text
stringlengths
11
353k
meta
dict
Ди къуэш республикэхэм ХэщIапIэр Налшык къыщызэIуахынущ Абхъаз. Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм Абхъазым и хэщIапIэ къыщызэIуахыну я мурадщ. Республикэм и президент Анкваб Александр Абхъазым Кавказ ИщхъэрэмкIэ и хэщIапIэ Налшык къалэ къыщызэIухыным теухуа жэрдэм къыхилъхьэну хамэ къэрал IуэхухэмкIэ министрым къалэн щищIащ. НэгъуэщI Iуэху зэмылIэужьыгъуэхэми къытеувыIащ ахэр. Къапщтэмэ, министрым президентыр щыгъуазэ ищIащ Гудаутэ дэт «Черноморец» пансионатым Сирием къикIыжауэ пIалъэкIэ щыпсэу я лъахэгъухэр зыIууэ гугъуехьхэм. ХадэщIэхэм заужь Адыгей. Италием и технологиехэр къагъэсэбэпу республикэм щагъэкI мыIэрысэ жыг хадэхэр зрагъэлъагъуну Адыгейм къэкIуащ Тирол Ипщэ провинцэм и жыггъэкIхэм я зэгухьэныгъэм и лIыкIуэхэр. Италием къикIахэм яIу-щIащ республикэм и Iэтащ-хьэмрэ мэкъумэш хозяйствэмкIэ министрымрэ. — Ди щIыналъэхэр куэдкIэ зэрызэщхьым — цIыху бжыгъэу щыпсэур, экологиер, бгыхэр, тафэр, нэгъуэщIхэри — дыдихьэхащ. Абы къыхэкIыу сыхуейщ ди къарур зэдгъэуIуну, мэкъумэш хозяйствэм щызэтедухуахэм, экономикэ зэпыщIэныгъэхэм адэкIи дытетыну,- жиIащ ТхьэкIушынэ Аслъэнджэрий. Адыгейм и щIыуэпсыр, зыщаплъыхьа жыг хадэхэр, ахэр къэгъэкIыным и мызакъуэу, абыхэм къапыкIэхэри щэныр екIуу зэрызэтеублар хьэщIэхэм ягу ирихьащ. «Сэ гъэщIэгъуэн сщыхъуащ жыгхэр щывгъэкI щIым и фIа-гъыр. Апхуэдэ Тироль Ипщэм щыIэкъым», — жиIащ агро-ном Иннерхофен Ханне. Тироль Ипщэм и мэкъумэш институтхэм я президент Кхуен Андреас илъэгъуахэр, Адыгейм и жыггъэкIхэм я Iуэху бгъэдыхьэкIэр телъы-джэ щыхъуащ. «Илъэси 10 дэкIауэ фи деж сыкъакIуэмэ, дэнэ щIыпIи жыг хадэщIэхэр зэрыщыслъагъунур си фIэщ мэхъу», — жиIащ абы. УЭРДОКЪУЭ Женя.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30486.txt" }
Къалэнхэмрэ гугъуехьхэмрэ къагъэлъагъуэ Дыгъуасэ КъБР-м и Правительствэм зи чэзу зэIущIэ зэхэтащ. Ар иригъэкIуэкIащ абы и унафэщI Хьэсанэ Руслан. Япэ Iуэхугъуэр зытеухуауэ щытар КъБР-м ЭнергетикэмкIэ, псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмрэ тариф политикэмкIэ и министерствэр блэкIа мазихым зэрылэжьамрэ УФ-м и Президентым и унафэхэр зэрагъэзащIэмрэщ. Абы ехьэлIауэ доклад ищIащ министр Кучменов ТIэхьир. КъБР-м и къэрал псэупIэ инспекцэм и Iэтащхьэ Къэжэр Нажмудин тепсэлъы-хьащ зи унафэщI IуэхущIапIэр нобэкIэ зэлэжьхэм. Апхуэдэуи ар къытеувыIащ зыIууэ гугъуехьхэм. АдэкIэ къызэхуэсахэр хэплъащ КъБР-м и Правительствэм и унафэхэм халъхьэн хуей зэхъуэкIыныгъэхэм. НэщIэпыджэ Замирэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30488.txt" }
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен НэщIикIыж хьид махуэшхуэм ирихьэлIэу цIыхухэм зэрызахуигъазэр Республикэм щыпсэухэу пщIэ зыхуэсщIхэ! Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентымрэ Правительствэмрэ я цIэкIэ, си щхьэкIэ къызбгъэдэкIыу муслъымэн псоми си гуапэу сынывохъуэхъу НэщI мазэ лъапIэр зэриухам щыхьэт техъуэ Хьид махуэшхуэмкIэ. Муслъымэн махуэгъэпсым НэщI мазэ лъапIэм увыпIэ хэха щеубыд. Ар тхузэфIэкIынур, дин фIэщхъуныгъэр зыхуэдэр къыщыдгъэлъагъуэ, ди псэхэр нэхъ къабзэ, ди гухэлъхэр нэхъ быдэ щыхъу, ди щхьэ пщIэ хуэтщIыжу зыщедгъасэ зэманщ. А псоми я лъабжьэр ди IуэхущIафэхэр захуагъэм, ди мурадхэр фIым зэрахуэунэтIам шэч къытедмыхьэжынырщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и жылагъуэм щытыкIэр щефIэкIуэныр куэдкIэ елъытащ муслъымэнхэм. Къэралым и сэбэп хэлъщ ислъамым и щэнхабзэ, псэкупсэ хабзэхэр — мамырыгъэм, яIыгъ диным емылъытауэ цIыхухэм пщIэ зэхуащIыным, гъунэгъугъэр гъэлъэпIэным, гумащIагъэм, зызэщIэгъэкъуэным хуэунэтIахэр — къэгъэщIэрэщIэжыным. Дэ дыхущIокъу къэрал-дин зэхущытыкIэхэр зэдэлэжьэныгъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ я лъабжьэу зэтедухуэным. НэщI мазэ лъапIэм къытхилъхьа псэкупсэ къулеигъэмрэ къарумрэ мамырыгъэр, жылагъуэ зэгурыIуэныгъэр, цIыхубэм я зэкъуэтыныгъэр, зызэхэщIыкIыныгъэр гъэбыдэным хуэунэтIауэ зэрыщытынум шэч къытесхьэркъым. Фигухэм гуфIэгъуэр щызыну, мурадыфIхэр къывэхъулIэну, фи жьэгу пащхьэхэм мамырыгъэрэ берычэтрэ сыт щыгъуи илъыну си гуапэщ. Узыншагъэ быдэ, насып, зэIузэпэщыгъэ фэри фи унагъуэхэми фиIэну сынывохъуэхъу.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30491.txt" }
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и пащхьэм щиIэ фIыщIэм папщIэ» орденым и II нагъыщэр Нэхущ З. А. етыным и IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ Республикэм и къэралыгъуэр зэфIэувэным хуэунэтIауэ зэфIигъэкIахэмрэ абы социально-экономикэ и лъэныкъуэкIэ зиужьыным хуищIа хэлъхьэныгъэшхуэмрэ къыхэкIыу «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и пащхьэм щиIэ фIыщIэм папщIэ» орденым и II нагъыщэр етын Нэхущ Заурбий Ахьмэд и къуэм. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КЪАНОКЪУЭ Арсен Налшык къалэ 2013 гъэм шыщхьэуIум и 1-м №123-УГ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал дамыгъэхэр тыным и IуэхукIэ
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30494.txt" }
Фадэ лIэужьыгъуэкIэ тхыдэр зыджхэр «Мануфактурэ дыщэм» «Крепость Русский форпост» коньякыр ихъуэжащ». Апхуэдэу щэхуакIуэхэр егъэгуфIэ зи гугъу тщIы фадэм теухуауэ 2012 гъэм шыщхьэуIум и 31-м къыдэкIа рекламэм. «Урыс плъырыпIэм и быдапIэ» коньякыщIэм и абджым тегъэуа сурэтхэмкIэ Кавказ зауэм и тхыдэр къэфщIэфынущ», — абджым итым къыдэкIуэу, щIэныгъэ гуэри фадафэм зэригъуэтынумкIэ егъэгугъэ тхыгъэр зэхэзылъхьам. АдэкIэ къыпещэ: «Крепость Русский форпост» коньякым и фIэщыгъэм щIэлъ хъыбарым и лъабжьэр XIX лIэщIыгъуэм хиубыдэ Кавказ тхыдэрщ. Абджым тегъэуащ абы нэхъ къыхэгъэщыпхъэу хэта урыс генерал цIэрыIуэ Ермолов Александр Петр и къуэм и сурэт». «ЛIыхъужьым» и цIэр (Алексей) зэращIэм хуэдэу къыщIэкIынщ фадэрыщIхэм тхыдэми зэрыхащIыкIыр. Ауэ ар зэран хуэхъуакъым фадэмрэ хэкумрэ зэхуэдэу фIыуэ зылъагъухэр къыдахьэхын папщIэ, Ермоловым и зы псэлъафэ дыщIагъужыным: «БыдапIэхэмрэ гъущI хъархэмрэ нэхърэ нэхъ лъэщу си цIэм бийр игъащтэкIэрэ, ди гъунапкъэхэр хъума хъуну сыхуейщ». Зы абджым Ермоловыр урыс-къэжэр зауэм щытекIуэу Ереван къызэриубыдам папщIэ егъэлъапIэ, адрейм — Кавказыр къызэрищтам щхьэкIэ. И сурэтым и къэухьым «Кавказ зауэм и лIыхъужь» жиIэу екIуэкIыу тегъэуащ. «Ермоловым Грознэмрэ Налшыкрэ — Урысейм и кавказ гъунапкъэхэм и плъырыпIэхэр — иухуауэ щытыгъащ»,- еух фадэрыщIым и тхыдэ дерсыр. Зи гугъу тщIы фадэр Адыгэхэм я фэеплъ махуэм Налшык и тыкуэнхэм языхэзым щащэу КъБКъУ-м и профессор Шурдым Барэсбий ирихьэлIащ. КъытфIэмыIуэху къэхъукъащIэ куэдым хуэдэу, зи гугъу тщIы Iуэхугъуэми дыблэплъыкIыну къыщIэкIынт, ди сурэттех Мамий Русланрэ зи гугъу тщIы тхьэмадэ махуэмрэ нэмыщIамэ. Барэсбий и тхыгъэмрэ Руслан и сурэтхэмрэ фи пащхьэ ныдолъхьэ. Чэрим Марианнэ. Кавказ зауэм и «лIыхъужь» генерал Ермолов Алексей и цIэр къыдэзыхыжахэр Генерал Ермолов Алексей Накъыгъэм и 21-м щегъэжьауэ и 30-м нэс адыгэхэр Урыс-Кавказ зауэм хэкIуэда я лъэпкъэгъухэм яхуощыгъуэ. А тхьэмахуэ зэхуакум Налшык къалэ ЩоджэнцIыкIум и цIэр зезыхьэ уэрамым тет 21-нэ унэм хэт «Алика и К» тыкуэным «Урысейм и гъунапкъэ быдэ» («Форпост России») зи цIэ фадэр щащащ, Ермолов А. П. генералым и сурэт тегъэуарэ «Кавказ зауэм и лIыхъужь» жиIэу щIэтхэжауэ. Лажьэ зимыIэу а зауэм хэкIуэда сабийхэри, бзылъхугъэхэри, лIыжьхэри, хэкум къыщхьэщыжу зи гъащIэр зыта лIыхъужьхэри къафIэмыIуэхуу, а Iуэхум тегушхуэфащ а тыкуэным и унафэщIхэр. Абы и лэжьакIуэхэм ящIапхъэт 1992 гъэм накъыгъэм и 21-м «Спартак» стадионым щызэхуэса цIыху минипщIым унафэ къащтауэ зэрыщытар Щыгъуэ махуэм фадэ ямыщэну. А махуэм зыми и пщIыхьэпIи къыхэхуэртэкъым адыгэхэм я Щыгъуэ махуэ дыдэм ирихьэлIэу республикэм и къалащхьэм Ермоловым и сурэтыр зытегъэуа коньяк лъапIэ щащэну. Хэт хъуну а генералыр? Хэт хъуну Ермолов Алексей Петр и къуэ генералыр? Дауэ хъуа ар Кавказым и тет, мин 50-м нэблагъэ кавказыдзэм и дзэзешэ, 1763 гъэм щегъэжьауэ пащтыхьыдзэм и генералхэу Глазенап, Булгаков, Модем, Якоби, Дельпоццэ сымэ я унафэм щIэта, «гъунапкъэ къэзакъхэр» зыфIаща къарухэм я унафэщI? Ермолов А. П. 1777 гъэм къалъхуащ, беягъкIэ курыт уэркъ лъэпкъым къыхэкIащ. И адэм Орел къалэм и Iэшэлъашэм щиIащ лъапсэ мыин дыдэ, пщылI мэкъумэшыщIэу 150-рэ дэщIыгъуу. 1794 гъэм дзэм хохьэ. А гъэ дыдэм, Варшавэрэ Прагэрэ къыщащтэм, Суворов Александр гу къылъитэри, Костюшкэ Тадеуш иригъэкIуэкI щхьэхуитыныгъэ зауэм пэщIэт урысыдзэм хагъэхьащ. Георгий Аущым и цIэр зезыхьэ орденым и еплIанэ нагъыщэр къыхуагъэфэщащ. 1805 — 1807 гъэхэм Ермоловыр Наполеон пэщIэт дзэхэм хэтащ. 1808 гъэм генерал-майор цIэр къыфIащ. Киев къалэм пэгъунэгъуу щаIыгъ дзэхэм я унафэщIу къулыкъу ихьыху, а щIыпIэм щыщ, уэркъ унагъуэ къыхэкIа пщащэ егуэкIуат, арщхьэкIэ унагъуэ диухуэным Iуэхур хуэкIуакъым, и гъащIэ псор фызкъэмышэу ирихьэкIащ. 1812 гъэм Ермоловыр Наполеон пэщIэт, Барклай де Толли зи унафэщIу щыта Япэ къухьэпIэ дзэм и Iэтащхьэщ. ИужькIэ Кутузов М. И. и Дзэ зэгуэтым и штабым и унафэщI ящI. Урысейм франджыхэр ирахужыху, Наполеон драгъэкIуэкIа зауэ псоми ар хэтащ. Пащтыхьым и лIыкIуэ 1816 гъэм Александр Езанэ пащтыхьым Ермоловыр Кавказым лIыкIуэу къегъакIуэ. Пащтыхьым къилъытагъэнщ зауэзэрылI куэд зыгъэунэхуа, дзэ къулыкъум хуэIэзэ генералым нэхърэ нэхъыфI имыгъуэтыфыну. Кавказыр гъэIэсэн Iуэхур генералым Дагъыстэнымрэ Шэшэнымрэ зыIэщIилъхьэнымкIэ иригъэжьащ, япэу зыхуекIуари зэрыпхъуакIуэ Iэмал пхъашэхэрщ. Къуажэ къыпэщIэувэхэр игъэсырт. Хадэхэр иригъэупщIыкIырт, Iэщыр урысыдзэм гъуэмылэ хуэхъурт, къазэуа лъэпкъхэм тезыр ятрилъхьэрти, мылъкукIэ игъэпшынэрт. 1822 гъэм ар Къэбэрдейм ебгъэрыкIуэн щIидзащ, кIуэ пэтми гъунапкъэр Къэбэрдейм икукIэ игъэкIуатэу. Дэфтэрхэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, Ермоловыр Iэщэ зыIыгъыу къыпэщIэтхэм ятекIуэкIэ арэзы хъуртэкъым, зэрыадыгэ лъэпкъыу ирилъэсыкIынут армыхъумэ. И мурадым лъэIэсын папщIэ, къыщIигъэзэн щхьэусыгъуэ щыIэтэкъым, цIыхугъэкIэ зэджэ гъунапкъэм ебэкъуэну хуит зищIыжат. 1821 — 1822 гъэхэм я щIымахуэр ткIий дыдэт. Мазищым и кIуэцIкIэ Ермоловым и «къэзакъ хахуэхэм» къэбэрдей къуажэ тIощIырыпщIхэр зэтракъутащ, абы дэлъа мылъкур зэрапхъуащ е ягъэсащ. Iэщ хъушэхэр, шы, мэл гуартэхэр, цIыхухэм я гъавэ гъэтIылъыгъэхэр дзэм и ерыскъыпхъэу зралъэфэлIащ. Лъэпкъ зыгъэкIуэдыр лIыхъужь? Нобэ Ермоловым «Кавказ зауэм и лIыхъужь» фIащыжауэ зызыгъэлIыхъухэм ящIэркъым е ямыщIафэ зытрагъауэ 1948 гъэм дыгъэгъазэм и 9-м ООН-м и Зэхуэс Нэхъыщхьэм къищтауэ щыта унафэр, «ЛъэпкъгъэкIуэд щIэпхъаджагъэ къэмыгъэхъуным хуэсакъынымрэ ар зыщIам ихьыпхъэ тезырымрэ» и фIэщыгъэу. А дэфтэрым ипкъ иткIэ, «лъэпкъгъэкIуэд» жыпхъэм йоувэ лъэпкъ щхьэхуэр е абы и Iыхьэр фэкIэ е динкIэ зэхэгъэж пщIыныр, укIыныр, я IэпкълъэпкъкIэ сэкъат етыныр, я акъылыр зэгъэкIуэкIыныр е нэгъуэщI зэраныгъэ ещIылIэныр. Ермоловымрэ абы и пыхъуэпышэхэмрэ 1763 — 1864 гъэхэм адыгэ лъэпкъым къращIар а къедбжэкIахэм хуэдэ за-щIэщ. Генералым и тхыгъэхэм ухэджыхьмэ, а сатырхэм къащхьэщих цIыхугъэншагъэмрэ гущIыIагъымрэ укъагъэуIэбжь: «Къэбэрдейхэм дапэщIэтыху, емынэ узыр ди телъхьэу къыщIэкIри, Джылахъстэнейр зэрыщыту ирихащ, Къэбэрдеишхуэри иригъэкъэбзыкIри, зэуIуу къаруушхуэ къызэрагъэпэщыжыфын хуэдэу гукъыдэж къахуигъэнакъым…». А емынэ узыр Ермоловым и пэ ита генерал Булгаковым Астрэхъэн кърихри, 1811 гъэм къихьыгъат Къэбэрдейм. Ермоловым и нэIэ тету Булгаковым ищIа а Iуэху икIэр нобэрей псэлъэкIэкIэ «бактерие зыхэлъ Iэщэ къэгъэсэбэпын» жыхуаIэм хуэдэт, къэбэрдей лъэпкъым ещIылIауэ. АдэкIэ генералым щетх и гукъэкIыжхэм: «Сыт и лъэныкъуэкIи мы бзаджэнаджэхэр гугъу езыгъэхь Iэмалхэр къэзгъэсэбэпынущ. Абыхэм я нэхъ лъэщыр — гъаблэрщ, аращи, гъавэ щIапIэри хъупIэри зыIэрызгъэхьэну сыхэтщ. Псори шхын щхьэкIэ зэтолIэ, абы игъэIэсэнущ ахэр». Дигу къэдвгъэгъэкIыж: сыт хуэдэ щIэпхъаджагъэт 1946 гъэм Нюрнберг къалэм ещанэ рейхым и Iэтащхьэхэм укIкIэ тезыр щIытралъхьар? Иджы Кавказым дыкъэIэбэжынщи, сыт хуэдэ лIыгъэ Ермоловым Кавказ зауэм щызэрихьар, ар лIыхъужьу убжын папщIэ? Хэт а цIэ лъапIэр абы фIэзыщар? ЛIыхъужь хъужыр хэт?! КъакIуэу уи уни уи лъапси зэтезыкъутэ зэрыпхъуакIуэра, хьэмэ ахэр къегъэлынымкIэ къыбдэIэпыкъура? Дауэ пIэрэт къазэрыщыхъунур Ермоловыр лIыхъужьу зыбжхэм абы и фэеплъ мывэм и пIэкIэ Псыхуабэ Клейст фон Эвальд и фэеплъыр дэтыгъамэ? Уи щхьэфэцым зрегъэIэт апхуэдэ «щIыхьым» Девгъэплъыт «лIыхъужьым» и шыфэлIыфэм, дзэм къыдыхэтахэм я гукъэкIыжхэмкIэ. Ермоловым и шу гъусэу щыта Муравьев-Карский Н. Н. етхыж: «Iэтащхьэр апхуэдизкIэ щIихьэрти, езым и IэкIэ цIыху тхьэмыщкIэхэм лей щарих къэхъурт. Илъэс кIуам и кIыхьагъкIэ абы дэтлъэгъуа гущIэгъуншагъэр къигъэлъагъуэу дызэса щэныфIагъым пхуегъэзэгъыр-къым». Ермоловым и ныбжьэгъуу зэрыщытам емылъытауэ, Грибоедов Александр етхыж: «Псэлъэн хъуамэ, цIыху жыIэзыфIэщхэр баштекъузэрэ мафIэсрэ, щхьэпылъэрэ лъыгъажэрэ я нэгу къыщIигъэхьэурэ егъэгужьей; Iуэхум щынэскIи ардыдэращ: IэщэкIэ егъэIэсэ, щхьэпылъэ ещI, я къуажэхэр зэтрегъасхьэ». Вяземский Пётр усакIуэм Ермоловыр усэкIэ зыгъэлъэпIа Пушкин А. С. хуэшхыдэу Тургенев А. И. 1822 гъэм фокIадэм и 27-м хуетх: «Си жагъуэ хъуащ Пушкиным и сатырхэр лъыкIэ зэрызэхицIэлар. Котляревский, Ермолов хуэдэхэра лIыхъужькIэ узэджэнур? Сыт хуэдэ лIыгъэ абы зэрихьар, емынэ фIыцIэм хуэдэу лъэпкъхэр зэтригъэкIуэдэжамэ? Апхуэдэ щIыхьым уи лъыр егъэдий, уи щхьэфэцым зрегъэIэт. А лъэпкъхэм щIэныгъэ къахуэтхьыгъатэмэ, хъунт абы пшыналъэ къыхэпщIыкIыж. Усэр щхьэпылъакIуэхэм я телъхьэкъым. УсакIуэ уэрэдми лей зэрахьэу ягъэжа лъыр щIитхьэщIыжын щыIэкъым». Кавказыр къиубыдын мурадкIэ, Мэздэгу быдапIэр иухуэу Урысейм иубла зауэр илъэсищэм щIигъукIэ екIуэкIащ. Япэу зэрыпхъуакIуэр зэбгъэрыкIуа Къэбэрдейр бийм пэщIэтащ, лъэпкъым и IыхьипщIым щыщу бгъур игъэтIылъыху. Урысейр абрагъуэт икIи къарууфIэт, имыкIуэтыпIэ диIэтэкъым. Тхыдэр ди телъхьэу къызэрыщIэмыкIамкIи нобэ къуаншэ къэтлъыхъуэжу аракъым, ауэ пэжри пэжщи, жытIэну ди къалэнщ. Шурдым Барэсбий, химие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30497.txt" }
Игъуэта уIэгъэм къелакъым КъБР-м щыIэ МВД-м и УГИБДД-м и гъуэгу плъыр къулыкъум и лэжьакIуэхэм шыщхьэуIум и 7-м сыхьэт 00.05-м Налшык къалэ Калининым и цIэр зезыхьэ, Нартан уэрамхэм я зэхэкIыпIэм деж къапщытэну «Лада-Приора» автомашинэр къыщагъэувыIащ. Абы исахэм хабзэхъумэхэм IэщэкIэ къахэуэу щIадзащ. ГАИ-м и лэжьакIуэхэр къикIуэтакъым икIи бзаджащIэхэр зэтраукIащ. Ахэр 4 хъурт, зыр Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ щыIэ бзадзащIэ гупым я пашэ, 1979 гъэм къалъхуа Факъуэ Хь.-щ. Ар щIэпхъаджагъэ хьэлъэхэр зэрилэжьам къыхэкIыу къэралым къыщалъыхъуэрт. Шэмпар Арсен А зэпэщIэувэныгъэм уIэгъэ хьэлъэ щигъуэтащ полицэм и сержант, 1986 гъэм къалъхуа Шэмпар Арсен. Ар республикэ сымаджэщым яшащ икIи операцэ здащIым лIащ. IэщэкIэ къахэуа бзадзащIэ гупым ДПС-м и лэ-жьакIуэхэм лIыгъэрэ хахуагъэрэ яхэлъу хуэфащэ жэуап иратыжащ. Шэмпар Арсен къызэмылыну уIэгъэ игъуэта пэтми, къатеуахэм къимыкIуэту япэщIэтащ. Ахэр къэрал дамыгъэ лъапIэхэр къратыну ягъэлъэгъуащ. Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэу КъБР-м щыIэм и пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30502.txt" }
«Кавказ джэгухэр» фестивалым «Кавказ джэгухэр» спорт-щэнхабзэ фестивалым и район Iыхьэр Аруан куейм шыщхьэуIум и кум щрагъэкIуэкIынущ. КъБР-м и командэ къыхэхам хагъэхьэнухэр къыщыхахыну а зэпеуэм цIыхуи 100-м нэблагъэ хэтынущ, ауэ абыхэм я нэхъыфIу 30-рщ зи кIэн къикIынур. Фестивалым зи зэфIэкI щызыгъэлъэгъуэнухэр гъэхьэзырыным районым физкультурэмкIэ и егъэджакIуэ псори къыхашащ. ЕгъэджэныгъэмкIэ управленэм и методист Сыченкэ Александр и нэIэм щIэту абыхэм лэжьэн щIадзащ. Зэхьэзэхуэхэр къызэгъэпэщыныр икIи егъэкIуэкIыныр пщэрылъ щащIащ район администрацэм физкультурэмрэ спортымкIэ и къудамэм и унафэщI КIурашын Владимиррэ ДЮСШОР-м и тхьэмадэ Зрум Леонидрэ. «Кавказ джэгухэм» къызэщIаубыдэ спорт лIэужьыгъуэ псоми районым и спортсменхэр хуагъэхьэзыр. Къыхэдгъэщынщи, аруандэсхэр лъэщщ кIапсэ зэпекъунымрэ шабзэкIэ уэнымкIэ. Мы гъэм абыхэм я мурадщ сыт хуэдэ лIэу-жьыгъуэми я къару щеплъыжыну, псом хуэмыдэу къару троеборьемрэ футбол цIыкIумкIэ. Сокъур Риммэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30504.txt" }
Олимп Джэгухэр лъапIэ мэхъу Мазэ бжыгъэ дэкIмэ, Сочэ къыщызэIуахынущ щIымахуэ Олимп Джэгу нэхъ лъапIэ дыдэхэр. Швейцарием щыщ спорт журналист, Schweizer Illustrierte журналым и редактор нэхъыщхьэ Ренггли Томас иджыблагъэ щыIащ а щIыпIэм икIи «Сочэ-2014»-р къызэрыщыхъуар итхыжащ. Ренггли и «зекIуэр» къызэзыгъэпэщар Олимп Джэгухэм зэманыр къыщызыпщытэну, апхуэдэуи спорт зэхыхьэ иным и спонсорхэм ящыщ зы Omega швейцар сыхьэтыр къыщIэзыгъэкI компаниерщ. — Тенджыз ФIыцIэм и Iуфэм Iут Сочэ къалэ зылъэгъуам занщIэу хузэхуэгъэкIуэнукъым бгы-лыжэ спортым и купсэу ар зэрыщытынур, — етх Томас. — ЩIымахуэ мазэхэми щIыIэ дыдэ хъуркъым, дунейм и щытыкIэри ЩIыкурытыхым и Iэгъуэблагъэм хуэдэщ. Тенджызым пэгъунэгъу мы зыгъэпсэхупIэр, «урыс Ривьерэ»-кIэ зэджэр, ауэ сытми Ниццэ хуагъадэркъым. Къызыщывгъэхъут щIымахуэ Олимп Джэгухэр Ниццэ щекIуэкIыу?! Ар зэи къэмыхъуну Iуэхущ. ЩIымахуэ Олимп Джэгухэр Сочэ щекIуэкIыу-щэ?! Ар илъэс ныкъуэ хуэдиз дэкIмэ, ди нэгу щIэкIыну нахуапIэщ. ЦIыху 400.000 зыдэс Сочэ «КъуэбыдэкIэ» зэджэ бгы-лыжэ центр иIэт, ауэ ар нэхъ иныж ящIащ и гъунэгъуу щыт Кавказ бгыхэр къагъэсэбэпри. Адрей ухуэныгъэхэр щIы IэнэщIым иращIыхьу аращ — Олимп стадион зэрыт олимп паркыр, тенджызым и гъунэгъубзэу щыт мыл уардэунитхур, нэгъуэщI куэди. Пэжыр жыпIэмэ, урысхэр зы щхьэкIи къикIуэтыркъым. 2014 гъэм мазаем и 7-м щегъэжьауэ и 23 хъуху Урысей Федерацэм щекIуэкIыну спорт зэхьэзэхуэ иныр егъэлеяуэ зэрыщытынум щыхьэт тохъуэ Томас. Абы къызэрилъытэмкIэ, псом нэхърэ нэхъ удэзыхьэхыр къалэм дащIыхь олимп ухуэныгъэхэрщ. Олимп паркым уикIыу, лъэсу укIуэфынущ мыл уардэунитхуми. Бгы-лыжэ зэпеуэхэр щекIуэкIыну кавказыбгхэм дакъикъэ 28-рэ нэхъ темыкIуадэу гъущI гъуэгукIэ унэсыфынущ. ЦIыху мин 40 зэрыхуэ Олимп стадионым къищынэмыщIауэ, адрей ухуэныгъэ псори и кIэм нагъэсащ. Джэгухэр щекIуэкIкIэ, мыхъумыщIагъэ лъэпкъ къызэрыхэмыкIыным зыхуагъэхьэзыр къызэгъэпэщакIуэхэм, уеблэмэ я нэхъ мыхьэнэншэу къыпщыхъури гулъытэншэу благъэкIыркъым. Апхуэдэу гъэтIылъыпIэхэм щIалъхьащ кубометр 500.000 хъун уэс, илъэс къакIуэ мащIэ фIэкI къыщемысмэ жаIэри. Уэсыр мазае хъуху яхъумэну зэрагъэтIылъа къудейм еврэ мелуани 8,5-рэ текIуэдащ. — Сочэ ахъшэр щабжыркъым. Урысейм игъэлъэгъуэну хуейщ ар къэралыгъуэ нэхъ лъэщ дыдэу зэрыщытыр, хузэфIэмыкIын зэрыщымыIэр, — жеIэ Ренг-гли Томас. — Зэ IуплъэгъуэкIэ псори гъуэзэджэщ. Лэжьыгъэр йокIуэкI, и чэзум зэфIокI. ЩIыпIэ Олимп комитетым и лIыкIуэхэм дащыхуэзам, экологием ехьэлIа гугъуехьхэмрэ Iулъхьэхэмрэ зыри къытхутепсэлъыхьакъым. ПхъэнкIийхэр щызэтратхъуэ щIыпIэхэр дагъэлъэгъуакъым, зи псэупIэр зыхъуэжын хуей хъуа цIыхухэм дыхуагъэзакъым. Мазэ бжыгъэ дэкIмэ, Сочэ къыщызэIуахыну Джэгухэм еврэ мелард 37,5-рэ текIуэдэнущ, урысей хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм къызэра- гъэлъагъуэмкIэ. Тенджыз Iуфэм Iут стадионхэмрэ Кавказ бгыхэмрэ зэпызыщIэ, километр 45-рэ хъу, туннелихым щIэкI автомобиль-гъущI гъуэгу зэхэтыр ухуэным еврэ меларди 7 трагъэкIуэдащ. Олимп Джэгухэм зыхуэгъэхьэзырын щыщIадзагъащIэм зэхалъхьа сметэм псори зэхэту еврэ меларди 9 ихьыну хуагъэфащэу иратхауэ арат. Сочэ щекIуэкIыну щIымахуэ Олимп Джэгухэр псом нэхърэ нэхъ лъапIэу щытынущ. Уеблэмэ 2008 гъэм Пекин къыщызэрагъэпэща гъэмахуэ Джэгухэм нэхърэ куэдкIэ нэхъыбэ токIуадэ. Иджыпсту ящI ухуэныгъэхэр иужькIэ къызэрагъэсэбэпынум теухуа упщIэм зэкIэ жэуап иIэкъым. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, а псори зэкIэ зэпалъытыфыркъым. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, кёрлингым папщIэ ящIа стадионыр зэпкърахыжынурэ, нэгъуэщI щIыпIэ ягъэIэпхъуэнущ, лъэрыжэкIэ къыщызэдэжэну стадионри нэгъуэщI къалэ яхьыжынущ, гъэлъэгъуэныгъэр щрагъэкIуэкIын папщIэ. хоккей стадионыр зэрыщыту къагъэнэжынущ зэхьэзэхуэхэр щекIуэкIыу. 2018 гъэм Сочэ щыIэнущ футболымкIэ дунейпсо чемпионатым и зэIущIэхэр. Апхуэдэуи етIанэгъэ ипщэ-урысей къалэм къыщызэрагъэпэщыну я мурадщ Формула-1 автомобиль зэдэжэм и зы Iыхьэ. Сочэдэсхэм иджыри къагурыIуащэркъым къапэщылъыр зищIысыр. Ахэр, дауи, щогуфIыкI апхуэдэ Iуэхугъуэшхуэм зэрыхэтынум икIи Урысейм дуней псом зэрызыщигъэлъэгъуэнум нэмыщI, езыхэм я къалэм экономикэ зыужьыныгъэ къахудэкIуэну мэгугъэ. Псом хуэмыдэу щIалэгъуалэр щогуфIыкI IэнатIэщIэхэр къазэрыхукъуэкIымрэ теупIэ зэраIэнумрэ. НэгъуэщI лъэныкъуэкIэ укъеплъмэ, языныкъуэхэр ирогузавэ псэупIэм щIат пщIэмрэ шхынымрэ я уасэм зэрыхэхъуэм, зыгъэпсэхупIэу щыта къалэр спорт центр зэрыхъум. Сочэ дэт хьэщIэщхэр 2014 гъэм ирихьэлIэу щыкIэ нэхъыбэ хъунущ, 2000-м нэблагъэнущ. ЦIыху мин 400 зыдэс къалэм Олимп Джэгухэр щекIуэкIкIэ и хьэщIэнущ минищэ зыбжанэ. Туристхэр япэщIыкIэ Москва лъатэу, итIанэ Сочэ кIуэ хъунущ е езы къалэ аэропортым щетIысэхыфынущ. Ари къагъэщIэрэщIэжащ иджырей мардэхэм изагъэу. КIэщIу жыпIэмэ, Сочэ кIуэну мурад зыщIахэм ахъшэшхуэ зэхуахьэсын хуейщ. ИноСМИ сайтым къитхыжащ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30506.txt" }
КъулыкъущIэхэм тралъхьэ тезырыр нэхъ хьэлъэщ Китайм и политик нэхъ цIэрыIуэхэм ящыщ Силай Бо и къулыкъур къигъэсэбэпу Iулъхьэ къызэрыIихам щхьэкIэ ягъэкъуаншэ. Зыми шэч къытрихьэркъым КПК-м и ЦК-м и Политбюром хэта къулыкъущIэм тезыр хьэлъэ зэрытралъхьэнум: коррупцэм пэщIэт китай машинэр фIыуэ мэлажьэ. Силай Бо и щхьэгъусэм «и фIыгъэкIэ» хабзэхъумэхэм япэщIэхуауэ аращ: Кайлай Гу хьэрычэт IуэхукIэ зыдэлажьэ британец Хейвуд Нил зэрыIэщIэукIам щхьэкIэ илъэситI дэкIмэ, щхьэпылъэ ящIыну тралъхьащ. Силай Бо парламентми партми къыхадзыжащ. Иджы ар ягъэкъуаншэ ахъшэшхуэрэ мылъкурэ къызэрыIихам щхьэкIэ. КъулыкъущIэхэр хеящIэм и пащхьэ ирашэныр щыяпэкъым а къэралым. Фигу къэвгъэкIыж Пекин и Iэтащхьэм и къуэдзэ Чжихуа Лю, лъэпкъ гъущI гъуэгухэмкIэ министру щыта Чжицзюнь Лю сымэ (тIуми тезыр нэхъ хьэлъэ дыдэращ тралъхьар, пIалъэ иIэу. Абы къикIыр щхьэпылъэ ямыщIу, псэуху лъэхъуэщым ирагъэтIысхьэнкIэ зэрыхъунурщ). 2007 гъэм щегъэжьауэ 2012 гъэ пщIондэ Китайм цIыху мин 660-рэ жэуапым щрашэлIащ икIи абыхэм къытрахыжа доллар мелард 1,3-р къэрал мылъкум халъхьэжащ. Хабзэр къызэпызыуда къулыкъущIэшхуэхэр нэгъуэщI къэралхэми щыIэщ. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, Камеруным илъэс 25-кIэ щагъэтIысащ министр Хамидоу Яя Марафэ. ХеящIэм къыщIигъэщащ абы къэрал мылъкум щыщу доллар мелуан 29-рэ зыIэщIилъхьауэ. Иорданием илъэс 37,5-кIэ щагъэтIысащ пащтыхь Абдалла ЕтIуанэм и Iыхьлы дыдэ. Абы, и къулыкъур къигъэсэбэпри, доллар мелуан 45-рэ и жып ирилъхьат. А псоми Урысейр къазэрыхэщыр дауэ? Ди дежи Iулъхьэ къыIызыхэм илъэс бжыгъэ мымащIэ щытралъхьэ. Ауэ… Министру щытахэу Сердюковрэ Скрынникрэ уголовнэ Iуэхум щыхьэту хэту аращ, къулыкъу зыIыгъхэм тезыр хьэлъэ щытралъхьэр закъуэтIакъуэххэщ (Тулэ областым и губернатор Дудко Вячеслав ягъэтIысащ, Ярославльрэ Мэхъэчкъалэрэ я мэрхэу Урлашов Евгенийрэ Амиров Саидрэ я Iуэхур зэхагъэкI). «КуэдкIэ нэхъыфIт иIыгъ къулыкъум щхьэкIэ жэуапым епшалIэ мыхъуну щыIэ хабзэр зэрахъуэкIамэ, тезыр нэхъ хьэлъэ дыдэр тралъхьэ нэхърэ. Дэ дызыхуейр Китайм и Iуэху бгъэдыхьэкIэр аракъым, атIэ ди политикэ зэхэлъыкIэр дубзыхунырщ. Псалъэм къыдэкIуэу жыIапхъэщ, Китай лъэпкъ партым щIэх-щIэхыурэ къулыкъущIэхэр зэрихъуэжыр, ари куэдкIэ сэбэп къахуохъу абыхэм», — жеIэ «Transparency International-Russia» IуэхущIапIэм и унафэ-щIым и къуэдзэ Ниненкэ Иван. Мирная Екатеринэ. «Аргументы и факты».
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30509.txt" }
КъБР-м и ТВ-мрэ радиомрэ 1 КъБР «Мир» канал Блыщхьэ, шыщхьэуIум и 12 7.00 Мультфильм (6+) 7.20 «Адыгэ шхыныгъуэхэр» (адыгэбзэкIэ) (12+) 7.40 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» 8.15 «Кабардинка» къэрал академическэ къэфакIуэ ансамблыр илъэс 80 щрикъум ирихьэлIэу. «Лъэпкъым и набдзэ» (адыгэбзэкIэ) (12+) 8.50 «Iущыгъэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (6+) 9.10 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 18.00 «Спортым и тхыдэм щыщ напэкIуэцIхэр» (12+) 18.25 КъБКъУ-м и «Каллисто» гупым и концерт. ПэщIэдзэр (12+) 19.30 «ЩIыуэпс». Дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэным теухуауэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.05 «СиIат сэри зы хъуэпсапIэ». КъБР-м и цIыхубэ артист Тэтэр Анатолэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.40 «Къадар» («Судьба»). Лэжьыгъэм и ветеран Зашаев Тенджыз. Кэнжэ къуажэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 21.10 «Жылагъуэ Iуэху» (12+) 21.40 ХъыбарыщIэхэр Гъубж, шыщхьэуIум и 13 7.00 Мультфильм 7.20 «УпщIэ щыуэркъым» (адыгэбзэкIэ) (12+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 8.00 «Уэрэдыр зи Iэпэгъу». КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Сосмакъ Валентинэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 8.35 «Ди щIэин» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 18.00 Мультфильм (6+) 18.15 «Хъыршыным и махуэ» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 18.25 КъБКъУ-м и «Каллисто» гупым и концерт. КIэухыр (12+) 19.30 Мультфильм (6+) 19.40 «Гъэмахуэм». «Къурш псынэ» гъэмахуэ зыгъэпсэхупIэ лагерыр (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.05 «Телъхьэ уанэр си шым». Адыгэшым теухуауэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.35 «Гъэмахуэм и уэрэд». Гундэлэн къуажэм дэс сабийхэм зэрызагъэпсэхум теухуауэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 20.55 «Кязим и дерсхэр». КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ Созаев Ахъмэт (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 21.15 «Перспектива». СХПК «АЛБИР». Шэджэм къалэ (12+) 21.40 ХъыбарыщIэхэр Бэрэжьей, шыщхьэуIум и 14 7.00 Мультфильм (6+) 7.10 «СурэтыщI». КъШР-м щIыхь зиIэ и сурэтыщI Хьэгъундокъуэ Мухьэмэд (адыгэбзэкIэ) (12+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 8.00 «КIэух зимыIэ псалъэмакъ». Адыгэ хабзэм теухуауэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 8.35 «Зэчийм и гъунапкъэхэр». Ахматовэ Эльвирэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 9.10 «Гъуаплъафэ уафэ». Сабийхэм папщIэ спорт тележурнал (6+) 9.30 «Зэчийм къыпкърыкI гуапагъэ». СурэтыщI Кузнецовэ Светланэ (12+) 18.00 Мультфильм (6+) 18.15 «Чемпионхэр». СССР-м бэнэнымкIэ спортым и мастер Беккиев Азрэт (12+) 18.40 «Бэрэжьей пщыхьэщхьэм…» Лэжьыгъэм и ветеран Мизиев Сэфар (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 19.30 Мультфильм (6+) 19.40 «Узэгугъур къогугъуж…» (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.00 «Жылагъуэ Iуэху» (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.25 «Сэ фIыуэ слъагъу уэрэд». Концерт (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 20.55 «Кавказым хуэусахэр». Кинорежиссёр, тхакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ Вэрокъуэ Владимир (16+) 21.30 «Зи чэзу псалъэмакъ» 21.40 ХъыбарыщIэхэр Махуэку, шыщхьэуIум и 15 7.00 Мультфильм 7.25 «Усыгъэ». Зумакуловэ Танзиля (12+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 8.00 «Унагъуэ». Унэжокъуэхэ я унагъуэр. Кэнжэ къуажэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 8.35 «Зы уэрэдым и хъыбар» (адыгэбзэкIэ) (12+) 8.55 «Зэманым и гъуджэ». Лэжьыгъэм и ветеран Ульбашев Зейтун (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 9.25 «Ар фщIэн хуейщ». Медицинэ хъыбарыщIэхэр (12+) 18.00 Мультфильм (6+) 18.20 «Псэм и уэрэд». КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Зеущэ Iэуес и бенефис. ПэщIэдзэр (адыгэбзэкIэ) (12+) 19.30 «ЩIэныгъэм и гъуэгукIэ». Медицинэ щIэныгъэхэм я кандидат Хьэжы Бэллэ (адыгэбзэкIэ) (16+) 19.50 ТхакIуэ КIэщт Мухьэз къызэралъхурэ илъэс 75-рэ щрикъум ирихьэлIэу. «Дунейр къыфхузогъанэ» (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.20 «Ууаз» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 20.50 «Благъуэмрэ Фениксымрэ». КъуэкIыпIэ къэрал музейм и гъэтIылъыгъэхэм теухуа гъэлъэгъуэныгъэм къратыкI репортаж (12+) 21.10 «ЦIыхухъухэм папщIэ». Тележурнал (16+) 21.40 ХъыбарыщIэхэр Мэрем, шыщхьэуIум и 16 7.00 Мультфильм (6+) 7.25 «Красный Крест: 150 лет гуманитарной деятельности» (12+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 8.00 «ЦIыкIураш». Сабийхэм папщIэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (6+) 8.20 «Гухэлъ уэрэдхэр». Лирическэ концерт (адыгэбзэкIэ) (12+) 8.50 «ГукъэкIыжхэр». КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ Геттуев Максим (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 9.25 Сурэттех Къарей Элинэ (12+) 18.00 Мультфильм (6+) 18.20 «Псэм и уэрэд». КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Зеущэ Iэуес и бенефис. КIэухыр (адыгэбзэкIэ) (12+) 19.30 Мультфильм (6+) 19.45 «Зы уэрэдым и хъыбар» (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.05 «Абы и дуней». Этнограф Журтубаев Махъты (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 20.30 «Чемпионхэр». СССР-м бгы альпинизмэмкIэ спортым и мастер Бабаев Шэкъман (12+) 20.55 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 21.40 ХъыбарыщIэхэр Щэбэт, шыщхьэуIум и 17 7.00 Мультфильм (6+) 7.10 ЦIыхубэ творчествэм и фестивалу Бобруйск къалэ щекIуэкIар. Япэ Iыхьэ (12+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 7.55 «АдыгэцIэхэр». КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ Нало Заур и тхылъым теухуауэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 8.20 «Унагъуэ». Занкишиевхэ я унагъуэр. Кэнжэ къуажэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 8.50 «Дунейм и телъыджэ». Iуащхьэмахуэ «Урысей-10» зэпеуэм хэтщ (12+) 9.15 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 17.50 Мультфильм (6+) 18.05 «Гъуаплъафэ уафэ». Сабийхэм папщIэ спорт тележурнал (6+) 18.25 «ФIым телэжьэн». КъБАССР-м и цIыхубэ артист Соттаев Къанщауэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 18.55 «УсакIуэ». Бещтокъуэ Хьэбас. Япэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (12+) 19.25 «Республикэм щыхъыбархэр». ХъыбарыщIэхэр (адыгэбзэкIэ) 19.40 «Iущыгъэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (6+) 20.00 «Ыйыкъ». ХъыбарыщIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ) 20.15 УФ-м и цIыхубэ артист Тут Заур (16+) 20.55 «49-нэ каналым и пощт» (12+) Тхьэмахуэ, шыщхьэуIум и 18 7.00 Мультфильм(6+) 7.15 «Дыщэ пхъуантэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (6+) 7.40 «Республикэм щыхъыбархэр». ХъыбарыщIэхэр (адыгэбзэкIэ) 8.00 «ЩIэныгъэм ухуэзышэ гъуэгу». Филологие щIэныгъэхэм я доктор Гузеев Жамал (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 8.30 «Ыйыкъ». ХъыбарыщIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ) 8.45 «Шэрджэсхэр. ЗауэлIхэмрэ IэщIагъэ зэхуэмыдэхэм хуэIэкIуэлъакIуэхэмрэ». Щоджэн Жаннэ и сурэт альбомыр утыку кърахьэ (12+) 9.20 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 17.50 Мультфильм (6+) 18.05 «Псори мэджэгу». ФутболымкIэ республикэпсо зэхьэзэхуэм къратыкI (12+) 18.25 «Iуащхьэмахуэ дэкIахэр» (адыгэбзэкIэ) (12+) 18.55 «УсакIуэ». Бещтокъуэ Хьэбас. ЕтIуанэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (12+) 19.25 УзэщIакIуэ Чабдаров Сулейман (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 20.10 «Музейхэр» программэр (12+) 20.40 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 21.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» КъБР-м и ТВ Блыщхьэ, шыщхьэуIум и 12 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ) 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ) 14.30, 17.15, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 18.30 «ЦIыхумрэ зэманымрэ». Джуртубаев М. 19.00 «Литературэм и лъахэ» Гъубж, шыщхьэуIум и 13 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр 9.00 «Унагъуэ альбом» 9.30 «Реалекс» 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ) 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ) 14.30, 17.15, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 18.30 «Машыкъуэ-2013». КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен Республикэм Жылагъуэ палатэм деж щыIэ ЩIалэгъуалэ советым хэт Куэцэ Р. Ирита интервью 19.00 «Пэшым екIу сурэт». Хъубий А. Бэрэжьей, шыщхьэуIум и 14 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ) 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ) 14.30, 17.15, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 18.30 «Дунейм гуапэу феплъ» 19.10 «Апхуэдэ гъащIэ» Махуэку, шыщхьэуIум и 15 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр 9.00 «Нобэ япщэфIхэр» 9.30 «Тоути» 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ) 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ) 14.30, 17.15, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 18.30 «Дыгъуасэ. Нобэ. Пщэдей». КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ЗэрамыщIэ Заретэ. ЕтIуанэ Iыхьэ 19.05 «Абы ищIэрт гъащIэр зэрыщIэщыгъуэр». Журналист Жабоев Iэсхьэд и фэеплъу Мэрем, шыщхьэуIум и 16 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр. 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ) 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ) 14.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 17.15 ЩIыпIэ зэман. Кавказ Ищхъэрэм щыхъыбархэр 18.30 «Вояж» Щэбэт, шыщхьэуIум и 17 8.10, 11.10, 14.20 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 10.05 «Нобэ япщэфIхэр» 10.40 «ДымыцIыху Къэбэрдей-Балъкъэр» Тхьэмахуэ, шыщхьэуIум и 18 10.20 ЩIыпIэ зэман. «Тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» 14.20 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр ВГТРК-м и радио Блыщхьэ, шыщхьэуIум и 12 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.10, 7. 25, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10 7.25 — 7.45 «Гуапэу зыфхузогъазэ». Тхьэгъэлэдж Светланэ уэрэд жеIэ (адыгэбзэкIэ). 7.45 — 8.00 ХъыбарIуатэм и пхъуантэ (балъкъэрыбзэкIэ). 10.15 — 10.30 Андерсен Ганс-Христиан и «Шырыкъу зылъыгъ джэду» таурыхъыр (адыгэбзэкIэ). 13.25 — 14.00 «Iуэху куэд щызэфIагъэкI блыщхьэ». 16.25 — 16.33 Зэгъусэу дыкъоджэ. Экзюпери А. «ЦIыхухэм я планетэ». Гъубж, шыщхьэуIум и 13 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.10, 7. 25, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10 7.25 — 7.45 Нартхэм ятеухуа хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 7.45 — 8.00 Батчаевэ Л. «Фэр папщIэ уэрэд жызоIэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 10.15 — 10.30 КIыщокъуэ Алим. Усэхэр зэрыт тетрадь (адыгэбзэкIэ). 13.25 — 13.45 «Псэущхьэхэр фIыуэ ялъагъуу». (ЩакIуэ хозяйствэ). 13.45 — 14.00 Алиев Ш. «Зэгъунэгъу цIыхубзхэр» радиоспектаклыр (балъкъэрыбзэкIэ). 16.25 — 16.33 Зэгъусэу дыкъоджэ. Экзюпери Антуан «ЦIыхухэм я планетэ». Бэрэжьей, шыщхьэуIум и 14 ««ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.10, 7. 25, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10 7.25 — 7.45 Концерт (адыгэбзэкIэ). 7.45 — 8.00 Гулиев М. «ЩIалэ цIыкIу хахуэ». Сабийхэм папщIэ (балъкъэрыбзэкIэ). 10.15 — 10.30 «Нартхэм ятеухуа уэрэдхэмрэ хъыбархэмрэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 13.25 — 14.00 МафIэдз Сэрэбий. «Нэчыхьытх» (адыгэбзэкIэ). 16.25 — 16.33 Зэгъусэу дыкъоджэ. Экзюпери Антуан «ЦIыхухэм я планетэ». Махуэку, шыщхьэуIум и 15 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.10, 7. 25, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10 7.10 — 8.00 «Жьырытэдж» (адыгэбзэкIэ). 10.15 — 10.30 Къэшэж Иннэ и усэхэм къытращIыкIа уэрэдхэр. 13.25 -13.45 Спорт хъыбархэр. 13.45 — 14.00 Таурыхъыр таурыхъым кIэлъыкIуэу (балъкъэрыбзэкIэ). 16.25 — 16.33 Зэгъусэу дыкъоджэ. Экзюпери Антуан «ЦIыхухэм я планетэ». Мэрем, шыщхьэуIум и 16 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.10, 7. 25, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10 7.25 — 7.45 Кавказ Ищхъэрэм и артистхэм ягъэзащIэ уэрэдхэр (адыгэбзэкIэ). 7. 45 — 8.00 Додуев Аскэр. «Усэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 10.15 — 10.30 «Еууей». Абхъаз таурыхъ (адыгэбзэкIэ). 13.25 — 13.45 Балъкъэр уэрэдыжьхэр (балъкъэрыбзэкIэ). 13.45 — 14.00 «Инджылызыбзэр Джэдгъэф Маринэ и гъусэу зыдогъащIэ». 16.25 — 16.33 Зэгъусэу дыкъоджэ. Экзюпери Антуан «ЦIыхухэм я планетэ». Щэбэт, шыщхьэуIум и 17 10.10 — 11.00 «Кавказ пшэплъхэр». 12.10 — 12.25 «КъБР: махуэр махуэм кIэлъыкIуэу». ХъыбарыщIэхэр (адыгэбзэкIэ). 12.25 — 12.40 «КъБР: махуэр махуэм кIэлъыкIуэу». ХъыбарыщIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ). 12.40 — 13.00 Ульбашев Азнор «Уэрэдыр и Iэпэгъуу» (балъкъэрыбзэкIэ). Тхьэмахуэ, шыщхьэуIум и 18 10.10 — 10.25 «КъБР: махуэр махуэм кIэлъыкIуэу» ХъыбарыщIэхэр. 10.25 — 10.50 Маммеев Ибрэхьим. «Жин» рассказыр (балъкъэрыбзэкIэ). 10.50 — 11.00 Концерт (балъкъэрыбзэкIэ). 12.10 — 13.00 Къэрмокъуэ Мухьэмэд. «Лъагъуныгъэм и къарур» (адыгэбзэкIэ). КъБР-м и радио Блыщхьэ, шыщхьэуIум и 12 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 13.00, 14.00, 15.00, 16.00, 17.00, 18.00 7.15/13.05 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 7.45/14.50 «Жаншэрхъ» Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.20/16.32 «ЩIэныгъэм и дунейм — зыплъыхьакIуэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.40/14.35 «Зи чэзу псалъэмакъ» (адыгэбзэкIэ). 9.00/18.05 «Зэпсэлъэгъухэр» (урысыбзэкIэ). 9.25/18.30 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ). 10.05 «Утыку» (адыгэбзэкIэ). 10.25/16.05 «Макъамэ яхъумахэр» (адыгэбзэкIэ). 11.05/17.05 «Апхуэдэ дунейт абы фIыуэ илъагъур…». Генерал Зокаев Валерэ (балъкъэрыбзэкIэ). 11.25/17.25 «Уэрэдыр тыгъэ фхузощI». КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Алтуевэ Зое (балъкъэрыбзэкIэ). 11.48/17.48 «Гюрен». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 12.05/15.35 «Дуней тетыкIэ» (урысыбзэкIэ). 12.25/15.05 «КъехьэкI-нехьэкI зыхэмылъ псалъэмакъ» (урысыбзэкIэ). 14.05-14.35 «Дыхьэшхэным и хъуреягъкIэ» (адыгэбзэкIэ). Гъубж, шыщхьэуIум и 13 7.45/14.45 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 8.20/16.30 «Боракъ» (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «Зэманыр, къэхъукъащIэхэр, Iуэху еплъыкIэхэр» (урысыбзэкIэ). 9.20/18.25 «Гукъыдэж» (урысыбзэкIэ). 10.05 «Адыгэхэр: тхыдэр, хабзэр» (адыгэбзэкIэ). 10.50/15.50 «Зэхэфха? Флъэгъуа?» (адыгэбзэкIэ). 11.05/17.30 «Балъкъэр цIыхубэ уэрэдхэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.30/17.05 «ХъыбарIуатэ Акча» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.05/15.30 «Тхыдэм егъэщIылIа Iуэхухэр» (урысыбзэкIэ). 12.25/15.05 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ). 12.45/14.30 «Таурхъан» (адыгэбзэкIэ). 14.05/16.05 «Макъамэ калейдоскоп» (адыгэбзэкIэ). Бэрэжьей, шыщхьэуIум и 14 7.45/14.50 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 8.20/17.05 «Къонгуроучукъ». Сабийхэм папщIэ (балъкъэрыбзэкIэ). 8.45/16.50 «Гюрен». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «Зи чэзу Iуэхум теухуауэ» (урысыбзэкIэ). 9.25/18.25 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ). 10.05/16.05 «Адэжь щIыналъэ» (адыгэбзэкIэ). 10.25/16.20 Концерт (адыгэбзэкIэ). 11.05-11.22 «Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ). 11.30/17.30 «Сэлам алейкум» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.05/15.05 «Гъуазджэм и щIыналъэ» (урысыбзэкIэ). 12.40/15.40 «Кавказым и симфоние» (урысыбзэкIэ). 14.05 «Уэрэдыр и Iэпэгъуу» (адыгэбзэкIэ). 14.30 — 14.50 «Усыгъэм и сатыр мыкIуэдыжынухэр» (адыгэбзэкIэ). Махуэку, шыщхьэуIум и 15 7.45/18.43 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 8.20/17.05 «Дэ къытхуэнар» (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «Нэхъыщхьэм теухуауэ — кIэщIу» (урысыбзэкIэ). 9.20/15.25 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ). 9.30/15.45 «Псэм и макъамэ» (урысыбзэкIэ). 9.42/15.35 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 10.05/16.05 «Динымрэ гъащIэмрэ» (адыгэбзэкIэ). 10.20/16.20 «Си хэку — си уэрэд» (адыгэбзэкIэ). 10.45-16.45 «ДунейгъафIэ». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ). 11.05/14.05 «Лэгъупыкъу» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.30/17.35«Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ). 12.05/15.05 «Макъамэхэр». УФ-мрэ КъБР-мрэ щIыхь зиIэ я артист Царикати Феликс (урысыбзэкIэ). 12.30/18.20 «Дуней тетыкIэ» (урысыбзэкIэ). 14.30-15.00 «Пшыналъэ». Нэгузегъэужь нэтын (адыгэбзэкIэ). Мэрем, шыщхьэуIум и 16 7.45/18.39 «Щэнхабзэм теухуауэ» (адыгэбзэкIэ). 8.20/17.30 «Дыщэ пхъуантэ цIыкIу» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.35/14.05 «Уэсылъэ къуршхэм я макъамэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «ГъащIэ упщIэ» (урысыбзэкIэ). 9.25/15.35 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ). 10.05 «Эфирыр псоми папщIэ» (адыгэбзэкIэ). 10.25 «Лъэпкъ прозэм и напэкIуэцIхэр» (адыгэбзэкIэ). 10.45/16.05 «Лэгъупыкъу» (адыгэбзэкIэ). 11.05/13.50 «Гуапагъэмрэ уахътыншагъэмрэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.20/17.05 «Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ). 11.45/17.45 «Гюрен» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.05/15.05 «Гъуазджэм и щIыналъэ» (урысыбзэкIэ). 12.35/18.20 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ). 12.44/18.29 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 14.30/16.25 «Ди гъусэу зывгъэпсэху» (адыгэбзэкIэ). Щэбэт, шыщхьэуIум и 17 7.00/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 7.38/13.38 «Вагъуэбэ» (адыгэбзэкIэ). 8.00/15.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/15.25 «Айсурат» (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.00 «Я гулъытэ нэхъыщхьэр зыхуэгъэзар» (урысыбзэкIэ). 9.25/18.25 «Дыщыпсэу дунейм» (урысыбзэкIэ). 9.45/18.45 «Усыгъэм и сатыр мыкIуэдыжынухэр» (урысыбзэкIэ). 10.00-10.30 «Дэрэжэгъуэ». Нэгузегъэужь нэтын (адыгэбзэкIэ). 10.50/14.50 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 11.00/16.00 «Чамхана» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.21/16.21 «Топалайчыкъ». Сабийхэм папщIэ (балъкъэрыбзэкIэ). 11.30/16.30 «Iуащхьэмахуэ и щыгум щыIу уэрэдхэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.00/17.00 «Гукъыдэж» (урысыбзэ- кIэ). 12.44/17.44 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 14.00-14.50 «Радиотеатр» (адыгэбзэкIэ). Тхьэмахуэ, шыщхьэуIум и 18 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 8.00, 10.00, 12.00, 14.00, 15.00, 17.00 7.00/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 7.40/14.40 «ФIыуэ тлъагъу макъамэхэр» (адыгэбзэкIэ). 8.10/15.10 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.40/15.40 «Гюрен». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.00 «Iуэху нэхъыщхьэм теухуауэ» (урысыбзэкIэ). 9.35/18.35 «Дыщыпсэу дунейм» (урысыбзэкIэ). 9.45/18.45 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 10.10/14.10 «Макъамэ» (адыгэбзэкIэ). 10.40-10.58 «Зыгъэпсэхугъуэхэр, зыгъэпсэхугъуэхэр…» (адыгэбзэкIэ). 11.00/16.00 «Ди хъугъуэфIыгъуэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.10/17.10 «Театрыр микрофоным Iутщ» (урысыбзэкIэ). 13.35-14.00 Уэрэд, къызэрыфэ пшыналъэ цIэрыIуэхэр (адыгэбзэкIэ).
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30520.txt" }
Шэрэдж куейм хыхьэ Жэмтхьэлэ Ищхъэрэ къуажэм щыпсэу Шэрджэс Хускэ Аскэр и пхъур къыщалъхуа махуэщ, и ныбжьыр илъэс 80 ирокъури, дохъуэхъу ПщIэ зыхуэтщI анэ, анэшхуэ, гуащэ, щыкъу анэ IэфIу ди нэхъыжьыфIым уи махуэшхуэмкIэ дынохъуэхъу. ГъащIэм сыт хуэдэ и гугъуехьхэми къызэфIамыгъащIэу, и къарурэ гуащIэрэ колхозым ирихьэлIэу, и унагъуэр зыхуей хуигъазэу къэгъуэгурыкIуащ нобэ зи махуэр дгъэлъапIэ Хускэ. Къытхэмытыж ди адэ ДжэбрэIилрэ абырэ зэшыпхъуихрэ зы щIалэрэ дапIащ, IэщIагъэ, лэжьыгъэ дагъэгъуэтащ, унагъуэ дахэу дагъэтIысыжащ. ФIыуэ тлъагъу, зыпэтщI щымыIэ ди нэхъыжьыфIым уи узыншагъэр мыкIуэщIу, дэрэжэгъуэ уиIэу, укъэзыухъуреихь уи быным я ехъулIэныгъэм, уи къуэрылъху-пхъурылъхухэм, абыхэм къатепщIыкIыжа цIыкIухэм я насыпым уи псэр игъэгуфIэрэ уи гум ехуэбылIэу, узиплъыр жьэгур мыужьыхыу тхуэпхъумэу, гъащIэм гу щыпхуэрэ абы и IэфIыгъэ псори зыхэпщIэу куэдрэ укъытщхьэщытыну дынохъуэхъу. Жьыщхьэ махуэ нанэ къыпхужаIэу уи илъэсищэр дгъэлъапIэну, Тхьэр фIыгъуэу щыIэмкIэ къыпхуэупсэну ди гуапэщ. Уи къуэ Руслан, уи нысэ Ларэ, уипхъухэмрэ уи малъхъэхэмрэ, уи къуэрылъху-пхъурылъхухэр, абыхэм къатепщIыкIыжа цIыкIухэр.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30523.txt" }
Ерыщу, зэкъуэту елэжьын Ди газетым зэрытетащи, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и хэщIапIэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Хэкум къэзыгъэзэжахэм я махуэм теухуа зэIущIэ. Абы къекIуэлIат Сирием, Иорданием, Тыркум къикIыжу зи адэжь щIыналъэр псэупIэ зыхуэхъужахэр, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм, «Хэку» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэм, Адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я ЗэзыгъэуIу советым я лIыкIуэхэр. Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий зэIущIэр къыщызэIуихым къызэхуэсахэм ягу къигъэкIыжащ шыщхьэуIум и 1-р Хэкум къэзыгъэзэжахэм я махуэу къалъытэныр къызыдежьар. Ар Косовэ щIыналъэм 1998 гъэм зауэ щыщекIуэкIам гузэвэгъуэ хэхуа ди лъэпкъэгъухэр АР-м къыщашэжам траухуауэ щытащ. Сэхъурокъуэм къыхигъэщащ Адыгейм и япэ президент Джарым Аслъэнрэ ди лъэпкъэгъу щэджащэ Къалмыкъ Юрэрэ фIыщIэрэ щытхъурэ абы щхьэкIэ зэрахуэфащэр. ЗэIущIэм къыщыпсэлъахэр нэхъыбэу къытеувыIащ иужьрей зэманым дэнэ щIыпIэ щыпсэу адыгэри зыгъэпIейтейм — Сирием къыщыхъуа зауэм гузэвэгъуэм хидза ди лъэпкъэгъухэм я Iуэху зытетым. Дунейпсо Адыгэ Хасэм и гъэзэщIакIуэ гупым хэт, «АС-кредит» IуэхущIапIэр къызэзыгъэпэщахэм я советым и унафэщI, юридическэ щIэныгъэхэм я кандидат ГубэщIыкI Владимир зэIущIэм щыжиIащ УФ-м щыпсэуну зигу илъ псоми абы къыщекIуэкI хабзэхэр ягъэзэщIэну зэракъалэныр икIи абыхэм япэщIэувэну хуежьэкIэ, зыми и Iуэху къызэримыкIынур хэт и дежкIи зэрыгурыIуэгъуэр. Адыгэ лъэпкъым хуэгъэза унафэ щхьэхуэ щымыIэми, а щыIэхэр къагъэсэбэпурэ, куэд зэрахузэфIэкIынури къигъэлъэгъуащ. Абыхэм ящыщу ГубэщIыкIым къыхигъэщащ хамэ къэралым щыпсэу адыгэхэм ди хэкуэгъуу зыкъалъытэжын зэрыхуейр, абы щыгъуэм я Iуэхухэр нэхъ тыншу зэфIэха зэрыхъунур. Сэхъурокъуэ Хьэутий — А Iуэхугъуэм хуэгъэза тхылъхэр дгъэхьэзырри а къэралхэм щылажьэ Хасэхэм едгъэхьащ икIи жыIэпхъэщ зи гугъу сщIы тхылъхэр зимыIэ ди хэкуэгъухэм я Iуэхур дяпэкIэ нэхъ гугъу зэрыхъунур. ТхакIуэ, щIэныгъэлI Къумыкъу Мамдухь 1991 гъэм Щам къиIэпхъукIыжауэ Налшык щопсэу. Абы къызэрилъытэмкIэ, иужьрей илъэси 150-м къриубыдэу нобэрей махуэхэм хуэдэ ди лъэпкъым къыхуихуакъым, сыту жыпIэмэ адыгэм и Iуэхур политикэкIэ дунейпсо утыкум къохьэжри. — Ди лъэпкъэгъухэр нэхъыбэу зыгъэпIейтей ди Iуэхур утыкум къызэрихьэжа щIыкIэм хуэфащэ хэкIыпIэ къыхуэвгъуэтыфыну адыгэу дунейм тетыр ди тхьэмадэхэм къыфщогугъ, — зыхуигъэзащ абы Сэхъурокъуэм. — Абы папщIэ УФ-м унафэ щхьэхуэ къедгъэщтэфынкъым, ауэ щыIэ хабзэхэмрэ адыгэхэм я цIэкIэ фызэрыпсалъэмрэ къэдгъэсэбэпу, Сирием ис адыгэхэм гулъытэ нэхъыбэ яхуэтщIыфамэ нэхъыфIт. Псыежэхым лъагъуэ зэрищIым хуэдэу, хэкум къэзыгъэзэжыну хуей дэтхэнэ хэкупсэми Iэмал къегъуэт. Хэкужьым къэзыгъэзэжхэм я гъуэгу пхызышахэм ящыщщ Мамдухь и унагъуэр. БгъущI гъэхэм къэралым зэхэзэрыхьауэ илъар абыхэм ягъэунэхуащ. Хэкум исхэр зэрыхъу дыхъунщ жыхуаIэу, гугъуехьхэм имыгъэгужьейуэ, лъэпкъым зэрыхэзэгъэжын Iэмал къалъыхъуащ, я бынхэри къытхэсыхьыжауэ хъарзынэу мэпсэу. — Дэ гугъу дехьами, тIуэтэжащ, ди лъэпкъэгъу псори апхуэдэу Тхьэм дигъэлъагъу, — жиIащ Мамдухь. Апхуэдэу зэIущIэм къыщыпсэлъащ Тыркум къиIэпхъукIыжа ди лъэпкъэгъу IутIыж Мэжид. Ари къытеувыIащ нэхъыбэу зыгъэпIейтей Iуэхугъуэ зыбжанэм. Япэрауэ, Мэжид фIэкъабылкъым Хэкум къэзыгъэзэжахэм я махуэр гуфIэгъуэ махуэу ялъытэну: ГубэщIыкI Владимир — Мелуан бжыгъэкIэ дуней псом щикъухьа ди лъэпкъэгъухэм ящыщу я хэку къитIысхьэжыну зи насып къихьахэр мащIэ дыдэщ. Абыхэми я Iуэху зэрыхуейм хуэдэу зэтеувакъым. МодэкIэ зауэ гуащIэм къыхэмыкIыф адыгэхэм апхуэдэ гузэвэгъуэ ятелъу, къезгъэкIуркъым мыр махуэшхуэщ жытIэу дгъэлъэпIэну. Нобэ адыгэм гуфIэгъуэ махуэ диIэну абы дынэсауэ къэслъытэркъым, — къыхигъэщащ Мэжид. Абы игу къигъэкIыжащ илъэс 23-рэ и пэкIэ, езым къыщигъэзэжа лъэхъэнэм, зыхуеину тхылъхэм я зэфIэгъэхьэныр иджы нэхърэ нэхъ тыншу къекIуэкIыу зэрыщытар. Мы зэманым къэзыгъэзэжахэр нэхъыбэу гугъу зыдехьхэм ящыщщ дэфтэр къыдэхыныр. А Iуэхум зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэпхъэу, хэкIыпIэ гуэрхэр къыхуэгъуэтыпхъэу къелъытэ IутIыжым. АдэкIэ IутIыжым захуигъэзащ и хэкуэгъухэм: — Хэкур, бзэр, хабзэр тхуахъумэу мыбы къинауэ иса ди лъэпкъэгъу псоми щхьэщэ яхузощI. Урыс-Кавказ зауэм и ужькIэ адыгэу щыIам я проценти 10-ращ мыбы къинар икIи абыхэм тхуахъума щIыналъищым ди къуэш-шыпхъухэр кърагъэблэгъэжри, ину фIыщIэ яхудощI. Псалъэмакъым къыщыхагъэщахэм ящыщщ къуажэхэм дагъэтIысхьа ди лъэпкъэгъухэр куэд зэрыхуэныкъуэр. Къалъыса псэуалъэхэм щIэтIысхьэн папщIэ, ахэр зыхуей хуэгъэзэным яIа ахъшэр трагъэкIуадэу, адэкIэ зэрыпсэун къызыIэщIэмынэжа унагъуэхэм лэжьапIи ягъуэтыркъым. Къапщтэмэ, Благовещенкэ къуажэм автобус зэремыкIуалIэм къыхэкIыу, абы дэтIысхьахэр нэгъуэщI жылэ кIуэн папщIэ лъэсу километр 12-м нэс къакIун хуейщ. ЩIым зэрелэжьыпхъэм хэзыщIыкIхэм хадэ ящIащ, адрейхэм яйр зэщIэкIэжащ. Зэгупсысын хуей Iуэхугъуэхэм ящыщщ ахэри. Къумыкъу Мамдухь IутIыж Мэжид Сэхъурокъуэ Хьэутий зэрыжиIамкIэ, КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен муниципальнэ къалэ, къуажэ округхэм я Iэтащхьэхэм я пщэ дилъхьащ Сирием къикIыжа ди лъэпкъэгъухэм псэупIэ зыбжанэ къыхуагъуэту къыхуащэхуну. Аращи, нэхъапэкIэ ягъэIэпхъуа унагъуэ 20-м хуэдэу, ди лъэпкъэгъухэм ящыщ унагъуэ куэд я унэхэм куэд мыщIэу Iэпхъуэжыфынущ. Апхуэдэу Сэхъурокъуэм къыхигъэщащ Сирием къикIыжа ди лъэпкъэгъу ныбжьыщIэхэр егъэджэным теухуа Iуэхур ди республикэм мыгувэу къэкIуэну, УФ-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Ливанов Дмитрий и пащхьэ къыщаIэтыну зэрамурадыр, ар зэфIэха хъуну зэрыщыгугъри жиIащ. КупщIафIэу екIуэкIа зэIущIэм хэтахэр зэакъылэгъу хъуащ шыщхьэуIум и 1-р гуфIэгъуэ махуэу ялъытэн папщIэ, зи хэку къэзыгъэзэжыну зи нэ къикI дэтхэнэми а мурадыр къехъулIэн зэрыхуеймкIэ, икIи абы зи гуащIэ хэзылъхьэфыну псори къыхураджащ ерыщу а Iуэхум яужь итыну. ЩОДЖЭН Iэминат.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30527.txt" }
Ику ит улахуэр сом мин 18 нэхърэ нэхъ мащIэ хъунукъым КъБР-м и Правительствэм гъубж кIуам щекIуэкIа зэIущIэм нэхъыщхьэу зыщытепсэлъыхьар КъБР-м ЭнергетикэмкIэ, псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмрэ тариф политикэмкIэ и министерствэр блэкIа мазихым зэрылэжьамрэ УФ-м и Президентым и унафэхэр зэрагъэзащIэмрэщ. Министр Кучменов ТIэхьир къыщыпсалъэм къыхигъэщащ 2013 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм сом мелард 1,227-рэ зытекIуэда псэупIэ-коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэр зэрызэфIагъэкIар. Кучменовым зэрыжиIамкIэ, ЖКХ-м щекIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэм я фондым игъэхьэзыра программитI ди республикэм щолажьэ — жьы хъуа псэуалъэхэм щIэсхэр къыщIэгъэIэпхъукIынымрэ къат куэду зэтет унэхэр зехьэнымрэ ятеухуахэр. А Iуэхур иджыпсту министерствэм япэ иригъэщ къалэнхэм ящыщщ, сыту жыпIэмэ, УФ-м и Президентым къыдигъэкIа унафэм ипкъ иткIэ, 2016 гъэ хъуху унэжьхэм щIэсхэр къыщIэгъэIэпхъукIыныр зэфIэгъэкIын хуейщ. Кхъахэ хъуа унэу республикэм иту къалъытащ метр зэбгъузэнатIэ 42603,07-рэ. КъБР-м Къэрал псэупIэ инспекцэмкIэ и Iэтащхьэ Къэжэр Нажмудин къытеувыIащ 2012 гъэм къриубыдэу цIыху минитIым нэблагъэ тхьэусыхакIуэ зэрахуэкIуам, псэупIэ-коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэр зэрыхуащIэм арэзы къимыщIу. Апхуэдэуи зи гугъу тщIы къалэнхэм пэрыту хабзэр къызэпызыудхэр жэуапым зэрырашалIэр къэпсалъэм жиIащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм и УнафэщI Хьэсанэ Руслан мыарэзыуэ щIэупщIащ газымрэ псымрэ щхьэкIэ щIыхуэ щIызэтрырагъэхьэм и щхьэусыгъуэм, апхуэдэуи мы IэнатIэм хабзэр къыщIыщызэпаудым лъабжьэ хуэхъум. КъБР-м и Правительствэм цIыхухэм ират дэIэпыкъуныгъэхэм ятеухуа и унафиплIым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн хуейуэ экономикэ зыужьыныгъэмкIэ министр Мусуков Алий къигъэлъэгъуахэр къызэхуэсахэм даIыгъащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и промышленностымрэ сатумрэ 2013 — 2020 гъэхэм зегъэужьыным теухуауэ щыIэ къэрал программэм ехьэлIа унафэм министр Пономаренкэ Роман щытепсэлъыхьым къыхигъэщащ а Iуэхугъуэм сом мелард 34-м нэс халъхьэну зэрытраухуар. Промышленность псынщIэмрэ хьэлъэмрэ къызэщIаубыдэ IэнатIэ псоми зрагъэужьын папщIэ трагъэкIуэдэну ахъшэм хохьэ федеральнэ, бюджет мылъкум къыхэкIынухэри, нэгъуэщI IэмалкIэ халъхьэнухэри. Мыбдежым Хьэсанэм къыхигъэщащ промышленностым епха IэнатIэм пэрытхэм я улахуэр зэрымащIэ дыдэр (сом мини 10 — 12), икIи республикэм и экономикэм тещIыхьауэ ику иту щат улахуэр я унафэм щIэт IэнатIэхэм сом мин 18-м икIэщIыпIэкIэ щынагъэсыну министр псоми къалэн ящищIащ. КъБР-м лэжьыгъэмрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Тюбеев Альберт и гугъу ищIащ сабиищ е нэхъыбэ зэуэ къэзылъху анэм цIыкIу къэс хуэзэу сом мин 50 республикэ бюджетым къыхэкIыу иратыну КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен жэрдэм къызэрыхилъхьэм. Ар къызэхуэсахэм даIыгъащ. НэщIэпыджэ Замирэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30535.txt" }
Бын куэд зыпI анэхэм я пщIэ лъагэр Унагъуэр къэралым и быдапIэщ. Абы и зэIузэпэщыгъэм хэхъуэху, гулъытэ нэхъыбэ игъуэтыху, къэралри нэхъ лъэщ, къарууфIэ мэхъу. Зэгъэщтокъуэ Людмилэ Бахъсэн куейм къызыхуэтыншэу щызэтеублащ бын куэд щапI унагъуэхэм ядэIэпыкъуныр. Республикэм и адрей щIыпIэхэм еплъытмэ, щIыпIэм иIэ демографие щытыкIэр куэдкIэ ефIэкIуащ. Мыхьэнэшхуэ зиIэ а Iуэхушхуэм гулъытэ хэха щыхуащI щIыпIэ администрацэм. — Ди щIыпIэм хыхьэ жылэхэр къапщтэмэ, абыхэм щыпсэухэм ящыщу унагъуэ 233-м сабии 5 е нэхъыбэ щапI, — жеIэ куей администрацэм лэжьыгъэмрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ и IэнатIэм и эксперт Хъуэжэ Зерэ. — Унагъуэшхуэхэм ядэIэпыкъуным, абы илъ лъапIэныгъэхэр хъумэным къэралым хуищI гулъытэр махуэ къэс нэхъ нэрылъагъу мэхъу. Бын куэд зыпI анэхэм я пщIэр кIуэ пэтми нэхъ лъагэ щохъу куейм. ЩIыпIэм щыщ анэ быныфIэ 20-м «Анагъэм и щIыхь» медалхэр иратащ. Апхуэдэу бынунагъуэшхуэу 9-м «ГАЗель» автомашинэхэмкIэ яхуэупсащ. Бахъсэненкэ жылэм щыпсэу, илъэс 80 зи ныбжь Бичэ Ленэ сабии 5 ипIащ, гъащIэм и гугъуехьхэм, лъэпощхьэпохэм къапимыкIуэту. Нобэ а бзылъхугъэ быныфIэр къуэрылъху-пхъурылъхухэу, абыхэм я быныжхэу 30-м я анэшхуэ IэфIщ. А щапхъэм ирокIуэ Зеикъуэ къуажэм щыщ, хьэрычэтыщIэ бзылъхугъэ Хьэщэ Рузаннэ. Анэ насыпыфIэм зэкIэ иIэр бын цIыкIуитIщ, ауэ мыгувэу сабий ещанэри игъуэтынущ, Тхьэм жиIэмэ. — Ди адыгэ бзылъхугъэхэр, игъащIэми къызэрекIуэкIыу, я бынунагъуэхэм ятеубгъуауэ, щIэблэ узыншэ лъэпкъым къыщIэгъэувэным я къарури зэфIэкIри ирахьэлIэ, — жеIэ анэм, цIыхубзым и гъащIэм зи творчествэм увыпIэ хэха щезыт усакIуэ Зэгъэщтокъуэ Людмилэ. — Иджырей бзылъхугъэр а псоми къищынэмыщIауэ, лэжьапIэ IэнатIэ Iутщ, ехъулIэныгъэфIхэр абы щызыIэрызыгъэхьэхэри мащIэкъым. АЛОКЪУЭ Аринэ. Бахъсэн куей.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30539.txt" }
Къэбэрдей-Балъкъэрыр Урысейм щыпашэщ къэрал щIыхуэр зэрызытригъэкIыж псынщIагъымкIэ УФ-м ФинансхэмкIэ и министерствэм къитахэм ятещIыхьауэ Рейтинг РИА-м къытридзахэм япкъ иткIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрыр УФ-м и щIыналъэхэм я деж щыпашэщ къэрал кIуэцI щIыхуэр зэрызытригъэкIыж псынщIагъымкIэ. КъБР-м финансхэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Мишковэ Иринэ и псалъэхэм ятепщIыхьмэ, 2013 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм къэрал щIыхуэр сом меларди 2-рэ мелуан 292-кIэ нэхъ мащIэ хъуащ илъэсым и пэщIэдзэм елъытауэ икIи бадзэуэгъуэм и 1-м ирихьэлIэу зэрыхъужар сом мелардрэ мелуан 498,4-рэщ. Къэрал кIуэцI щIыхуэр тыжыным егъэщIылIа Iуэхухэм текIуэдащ сом мелуан 38,8-рэ. Фигу къэдгъэкIыжынщ 2013 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм КъБР-м и республикэ бюджетыр гъэзэщIа зэрыхъуам кърикIуахэм ятеухуауэ иджыблагъэ екIуэкIа зэIущIэм, мылъкур къазэремэщIэкIыр къилъытэми, республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен экономикэм и IэнатIэхэм финансу хуаутIыпщынур нэхъапэм яубзыхуа пщалъэхэм къытемыкIыну икIи зэгъэзэхуэныгъэ ткIийм и хабзэм тетыну Правительствэм зэращыхуигъэувар. КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30543.txt" }
Красноярск къыщыхагъащIэ Урысей Федерацэм футболымкIэ и япэ дивизионым 2012 — 2013 гъэхэм щекIуэкI зэхьэзэхуэм ипкъ иткIэ дыгъуасэ Красноярск къалэм «Спартак-Налшыкыр» щIыпIэ «Енисей»-м щыдэджэгуащ. Хэгъэрейхэр 1:0-у текIуауэ ар иухащ. ЗэIущIэр зэрекIуэкIамрэ зи чэзу джэгугъуэм и ужькIэ турнир таблицэм игъуэта теплъэмрэ ятеухуа тхыгъэ ди газетым тетынущ. Хьэтау Ислъам.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30545.txt" }
Китай университетым и бакалавр Мэрем Дианэ Нартан дэт школ-интернат №5-м и гъэсэн Мэрем Дианэ Китайм щыIэ, щIэныгъэ нэхъыщхьэ къозыт еджапIэ нэхъыфIхэм ящыщ зыр — Чаньчуньскэ педагогикэ университетыр — къиухащ. Псыхуабэ бзэхэр щрагъэджу дэт къэрал университетым и етIуанэ курсым щIэс Мэрем Дианэ 2011 гъэм яхэхуащ китаибзэр зрагъэщIэну еджапIэм КНР-м игъакIуэ студентхэм. Абы зэрыщыIа илъэситIым къриубыдэу Дианэ зригъэщIар нэхъыбэрэ къагъэсэбэп иероглиф минищым я закъуэкъым, атIэ нэгъуэщI псалъэщIэ куэди къыхигъэхъуати, ар хабжащ китаибзэр хуиту зыгъэшэрыуэхэм. Бзэр зэрыпщIэр къызэрапщытэ экзаменыр зэрызэщхьэщыха Iыхьихым ящыщу 5-р ехъулIэныгъэкIэ итри, Мэремым къыхуагъэфэщащ Чаньчунь университетым щIэныгъэмкIэ и бакалавр дипломыр. — Китайр къэрал телъыджэщ. Абы и щэнхабзэр, псэукIэр, хабзэр нэгъуэщIщ. ЦIыхухэм я зэхущытыкIэхэр, гъащIэм хуаIэ бгъэдыхьэкIэр дэ дызэресам куэдкIэ къыщхьэщокI. ЦIыху зэхущытыкIэхэм нэхърэ нэхъ ягъэнэхъапэ лэжьыгъэр. Псори мэлажьэ. Къалэми къуажэми зэи щыплъагъунукъым Iуэхуншэу уэрамым дэт, — жеIэ Дианэ. Къыщыхъуа Нартан жылэм къигъэзэжри, зы махуэ нэхъ дэмыкIыу, Дианэ зригъэщIа бзэр къигъэсэбэпын хуей хъуащ. Налшык щылажьэ IуэхущIапIэ инхэм ящыщ зым Китайм щащIа Iэмэпсымэ къищэхуат. Ар зэпкъралъхьэну а къэралым и IэщIагъэлIхэр къэкIуащ, арщхьэкIэ абыхэм урысыбзэр, ди хьэрычэтыщIэхэм китаибзэр ящIэртэкъым. ДэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэу Пятигорск дэт университетым зыщыхуагъазэм, зэдзэкIакIуэу къыхуагъэлъэгъуащ ди хэкуэгъу пщащэр. Илъэс дэкIмэ, Мэрем Дианэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ зэриIэмкIэ урысей дипломыр къратыжынущ икIи зэдзэкIакIуэу лэжьэну хуит хъунущ. КIарэ Элинэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30548.txt" }
Мы махуэхэм ШыщхьэуIум и 8, махуэку АСЕАН-м и махуэщ. Ар илъэс къэс щагъэлъапIэ а зэгухьэныгъэм хыхьэ къэралипщIым. ШыщхьэуIум и 8 — 10-хэр Хьид махуэ лъапIэщ 1899 гъэм США-м дунейм щыяпэу щIыIалъэ (холодильник) щащIащ. 1942 гъэм ЗыхъумэжыныгъэмкIэ Налшык комитетым унафэ ищIащ къалэм и къыдыхьэпIэхэм быдапIэхэр щаухуэну. Балетмейстер Марыщ Заур и ныбжьыр илъэс 66-рэ ирокъу. Кхъухьлъатэзехуэ-космонавт, Совет Союзым тIэунейрэ и ЛIыхъужь Савицкая Светланэ къыщалъхуа махуэщ. КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, республикэм и Парламентым и депутат Къудалы Мухьэмэд и ныбжьыр илъэс 57-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, пIалъэ-пIалъэкIэрэ уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 23 — 25-рэ, жэщым градус 16 — 18 щыхъунущ. ШыщхьэуIум и 9, мэрем Щалъхуа щIыналъэм щыпсэужхэм я дунейпсо махуэщ Нагасаки и махуэщ. 1945 гъэм Японием и Нагасаки къалэм США-м и кхъухьлъатэм атомнэ бомбэ щридзыхащ. 1942 гъэм блокадэм ит Ленинград къалэм щагъэзэщIат Шостакович Дмитрий и Ебланэ симфониер. Кавказым и археолог, археограф Берже Адольф къызэралъхурэ илъэси 185-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, уэшх тIэкIу къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 22 — 25-рэ, жэщым градус 25 — 28 щыхъунущ. ШыщхьэуIум и 10, щэбэт Физкультурникым и махуэщ Археологым и махуэщ 1913 гъэм Бухарест мамырыгъэ зэгурыIуэныгъэм Iэ традзащ. 1976 гъэм Онтарио штатым (Канадэ) дунейм щыяпэу телефон аппарат къыщагупсысащ. ШыщхьэуIум и 10 — фокIадэм и 5-хэм Тромс (Норвегие) щекIуэкIынущ шахматымкIэ кубокыр къэхьыным теухуа дунейпсо зэпеуэ. КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ, щIэныгъэлI Нало Ахьмэдхъан къызэралъхурэ илъэс 92-рэ ирокъу. КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Емуз Гъузер къызэралъхурэ илъэс 84-рэ ирокъу. Литературовед, Дагъыстаным щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ Ержыб Аслъэн и ныбжьыр илъэс 83-рэ ирокъу. Сирием къикIыжа тхакIуэ, щIэныгъэлI Къумыкъу Мамдухь и ныбжьыр илъэс 73-рэ ирокъу. Медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Мызэущ Борис къызэралъхурэ илъэс 73-рэ ирокъу. Къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ, КъБР-м и Парламентым и депутат Щыхъэлы Заирэт къыщалъхуа махуэщ. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 23 — 26-рэ, жэщым градус 17 — 19 щыхъунущ. ШыщхьэуIум и 11, тхьэмахуэ УхуакIуэм и махуэщ 1485 гъэм Италием щыщ архитектор Фрязин Антон (Джиларди Антонио) Москва Кремлым и Тайницкэ чэщанэр ухуэн щIидзащ. КъБР-м и цIыхубэ артист, УФ-м щIыхь зиIэ и артист Къаздэхъу СулътIан къызэралъхурэ илъэс 79-рэ ирокъу. Медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, РАЕН-м и член-корреспондент, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Елгъэр Анатолэ и ныбжьыр илъэс 68-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 23 — 27-рэ, жэщым градус 17 — 20 щыхъунущ. ШыщхьэуIум и 12, блыщхьэ УФ-м и Дзэ-Хьэуа Къарухэм я махуэщ ЩIалэгъуалэм я дунейпсо махуэщ Каспий тенджызым и махуэщ 1953 гъэм СССР-м дунейм щыяпэу водороднэ бомбэ игъэунэхуащ. Химие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Бырхьэм Михаил и ныбжьыр илъэс 83-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щы-щытынущ. Хуабэр махуэм градус 24 — 28-рэ, жэщым градус 18 — 20 щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30551.txt" }
Зэхуэдэныгъэр и лъабжьэу Иджырей дунейм къэралхэм я гъунапкъэхэр зытещIыхьар цIыхухэр зэкIэлъыкIуэным икIи хъыбархэмкIэ зэхъуэжэным я закъуэкъым. Къэбэрдей-Балъкъэрым къигъэлъэгъуащ кавказ республикэ мыиныр къэралышхуэ дыдэхэми зэрадэлэжьэфынур. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, зэхуэдэныгъэр и лъабжьэу. Лъэныкъуэхэм я фейдэ зыхэлъ КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен жеIэ республикэм щыпсэухэм Урысейми нэгъуэщI къэралхэми щагъэхьэзыра хьэпшып нэхъыфIхэри щащIэ Iуэхутхьэбзэхэри хуиту къалъэIэсын хуейуэ. Республикэм и унафэщIхэм псом япэу зызрагъэужьыр егъэджэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ я IэнатIэхэм щызэдэлэжьэным хуэгъэза унэтIыныгъэхэрщ. ЩIыналъэм туристхэр къыдихьэхынымкIэ щыIэ Iэмалхэри къагъэсэбэпын хуейщ: Къэбэрдей-Балъкъэрыр Iуащхьэмахуэ и лъапэм деж щысщ. Ар и дахагъкIэ дуней псом щыцIэрыIуэщ. Республикэр УФ-м и щIыналъэхэми нэгъуэщI къэралхэми быдэу ядолажьэ. Москва, Санкт-Петербург къалэхэр, Тэтэрыр, Красноярск крайр, нэгъуэщIхэри хэту, Урысейм и щIыпIэ 23-м иращIылIа зэгурыIуэныгъэхэм тету сату, экономикэ зэпыщIэныгъэхэм заужь. 2012 гъэм ахэр сом мелард 1,7-м нэсащ. Республикэм сатур щыпхызыгъэкI и IуэхущIапIэхэр щIыналъэ 23-м ящыщу дэтхэнэми щыIэщ. НэхъыфIхэр хъумэн ЩIыналъэм дунейпсо утыкум щыпхигъэкI политикэр къанэ щымыIэу зытещIыхьар УФ-м зыуэ щыт и къэрал щIыб политикэрщ. ХъыбархэмкIэ зэхъуэжэным, тхылъхэр зэгъэкIуным, делегацэхэр нэгъуэщI къэралхэм гъэкIуэным, нэгъуэщI Iуэху куэдхэмкIи республикэр куууэ долажьэ Хамэ къэрал IуэхухэмкIэ министерствэм. Иужь илъэсхэм мыхьэнэшхуэ зиIэ унэтIыныгъэ мэхъу СНГ-м хыхьэ къэралхэм ядэлэжьэныр. Дэ Совет Союзым и ужькIэ къэунэхуа къэралхэм я деж урысыбзэм щигъэзащIэ къалэным и мызакъуэу, зэблэкIыгъуэ зэманым ди экономикэхэр зэхуэдэ гугъуехьхэм зэрыхэхуами дызэкъуегъэувэ. СССР-м и дэнэ щIыпIи нэхъапэм къыщыпщэхуфыну щыта хьэпшыпхэм ящыщ языныкъуэхэр иджы щагъэхьэзырыр Урысейм и щIыбкIэщ. СНГ-м и къэралхэм сэбэп пылъу ядэлэжьэн папщIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым хузэфIэкI къигъанэркъым. Делегацэхэр зэкIэлъокIуэ, абыхэм яубзыху езыхэм я фейдэ зыхэлъ унэтIыныгъэхэр. Уэ дэнэ ущымыIами НэгъуэщI къэралхэм ядригъэкIуэкI лэжьыгъэм увыпIэшхуэ щаубыд абыхэм щыIэ диаспорэхэм яхуиIэ пыщIэныгъэхэм. Къэбэрдей-Балъкъэрыр хэтщ езым и хэкуэгъухэм дунейм и щIыпIэ псоми щрагъэкIуэкI зэIущIэхэм. Апхуэдэ зэIущIэхэр республикэми щокIуэкI. Иджы я адэжь хэкум, КъБР-м, къэзыгъэзэжахэр мащIэкъым, илъэс куэдкIэ нэгъуэщI къэралхэм щыпсэуауэ. Республикэр хьэзырщ КъБР-м и вузхэм IэщIагъэ щызэзыгъэгъуэтыну хуей ныбжьыщIэхэм ядэIэпыкъуну. «Дэ илъэс къэс республикэм и еджапIэ нэхъыщхьэ нэхъ пажэхэм квотэхэр щахухыдох нэгъуэщI къэралхэм къикIыу къытхуэкIуа ныбжьыщIэхэм, я адэжь щIыналъэм пщIэншэу щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызэрагъэгъуэтыфын папщIэ, — жеIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм. — Ди вузхэр къэзыухахэм жыджэру зыкъыщагъэлъагъуэ Иорданием, Сирием, Тыркум — ди хэкуэгъухэм я диаспорэхэр щынэхъ ин къэралхэм я щэнхабзэ, щIэныгъэ, экономикэ, политикэ гъащIэм. Псалъэм и хьэтыркIэ, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и медицинэ факультетыр къэзыухауэ 11 Иорданием и «Аль Башир» пащтыхь сымаджэщым щолажьэ, инженер 16-м я гуащIэ халъхьэ Сирием и «Касьюн» компанием. Ди еджапIэ нэхъыщхьэхэр къэзыуха куэдым фIыкIэ зыкъыщагъэлъэгъуащ США-м, Канадэм, Франджым, Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм, Сауд Хьэрыпым. Абыхэм езыхэм я клиникэхэмрэ компаниехэмрэ къызэIуахащ, дзэм къулыкъушхуэхэр щаIыгъщ, щIэныгъэ-егъэджакIуэ лэжьыгъэ жыджэру ирагъэкIуэкI, политикэ гъащIэм щыхохьэ. А псоми, дауи, Къэбэрдей-Балъкъэрми Урысей Федерацэми я пщIэр дуней псом и пащхьэм къыщеIэт. АрщхьэкIэ Урысейм и щIыналъэм къинэжахэри мащIэкъым». Зи хуэдэ щымыIэ Дунейпсо пщалъэхэм езэгъ турист кластер Iуащхьэмахуэ лъапэ щаухуэну къыхилъхьащ Инджылызым и Flame Group инвестицэ компанием. Бгы лыжэ курортхэр, зыгъэпсэхупIэ-спорт IуэхущIапIэхэр нэсу къызэрагъэпэщынущ IуэхутхьэбзэщIапIэхэмкIэ. Ахэр зэпищIэнущ Бахъсэн аузымрэ Клухор щхьэдэхыпIэмрэ зэпрыкI Минводы — Iуащхьэмахуэ — Сыхъум гъуэгу бгъуфIэшхуэм. АэропортыщIэм дунейм и дэтхэнэ щIыпIи къришынурэ бгы лъагэ курортхэм хуей псори къишэфынущ. Шхай-Ты щIыпIэр тенджыз щIыIум нэхърэ метр 1520-кIэ нэхъ лъагэщ. Апхуэдэ лъагагъыр хуабжьу къезэгъыу къалъытэ спортым и олимп лIэужьыгъуэхэмкIэ спортсменхэр зэхьэзэхуэхэм хуагъэхьэзырын папщIэ. Инвестпроектым тепщIыхьмэ, абдеж щаухуэну я мурадщ къат 35-уэ зэтет спорт-нэгузыужьыпIэ IуэхущIапIэ. Апхуэдэ иджыри Урысейм щыIэкъым. Дызэгъусэу, дызэдэIэпыкъуу Мы гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щылэжьащ математикэм и щIэныгъэ унэтIыныгъэ нэхъ гугъу дыдэхэм хуэгъэза Япэ Урысей-Индие гъэмахуэ школ. КъБКъУ-м щекIуэкIа а зэIущIэм хэтащ студентхэр, аспирантхэр, IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэр. Зэрырагъэджар инджылызыбзэкIэщ. Индием и делегацэм студентибгъурэ профессориблрэ хэтащ. УФ-м и лъэныкъуэкIэ егъэджэныгъэ Iуэхур зэтраухуащ КъБКъУ-м, Москва физико-техникэ институтым я егъэджакIуэхэм, РАН-м геофизикэмкIэ и институт нэхъ пажэхэм я IэщIагъэлIхэм. Щрагъаджэм студентхэм къагъэсэбэпащ Къэбэрдей-Балъкъэр университетым и супер компьютеру Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щынэхъ лъэщ дыдэр. Еджэным къыщыдэхуэ зэманым хьэщIэхэм ирагъэлъэгъуащ Iуащхьэмахуэ лъапэ и щIыпIэ дахэхэр. КъыкIэлъыкIуэ гъэмахуэ школыр Индием щызэхагъэхьэнущ. Абы хэтынущ КъБР-м и студент 15. Мэкъумэш IэнатIэ. Италиер пэгъунэгъущ! КъБР-м и мэкъумэш IэнатIэм и лэжьэгъу нэхъыщхьэу щыуващ Италиер. Илъэс куэд лъандэрэ лъэныкъуэхэр зэрызэпыщIар хуабжьу сэбэп мэхъу. Теплицэхэм хадэхэкIхэр щыщIэным, иджырей дыдэ технологиехэм тету жыгхэр гъэкIыным теухуа инвестпроект инхэр республикэм щагъэзэщIащ. 2008 гъэм къыщыщIэдзауэ 2012 гъэр къэсыху хамэ къэрал IэщIагъэлIхэр жыджэру хэту икIи иджырей IэмалыфIхэр къагъэсэбэпу, республикэм жыг хадэ гектар минитI щыхасащ. Италием къикIа IэщIагъэлIхэм апхуэдэу я мурадщ иджырей зэманым сыт и лъэныкъуэкIи къезэгъ хадэхэкI хъумапIэхэр яухуэну. ХадэхэкIхэмрэ пхъэщхьэмыщхьэхэмрэ зэрагъэIэпхъуэ пластик кумбыгъэхэр щащI заводым хуэдэ Урысейм нэгъуэщI иджыри щыIэкъым. Ар лъэныкъуитIыр зэрызэдэлажьэм и Iэужьщ. Щэнхабзэм щIыналъэхэр зэпещIэ Кулиев Къайсын и цIэр зезыхьэ Балъкъэр къэрал драмэ театрыр иджы япэу хэтащ тыркубзэрыпсалъэ лъэпкъхэм я «Зы макъкIэ» къэрал зэхуаку фестивалым. Абы кIуэн папщIэ щIэгъэкъуэн къахуэхъуащ УФ-мрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ щэнхабзэмкIэ я министерствэхэр. Театрым Тыркум и Конье къалэм ишащ Токумаев Жэгъэфар и «Чонай фыз къызэришар» комедиер. Спектаклым роль нэхъыщхьэхэр щагъэзэщIащ республикэм и артист цIэрыIуэхэм. Театрым и унафэщI Жангуразов Мэжит фестивалым хэтхэм я пащхьэм къыщыщыпсалъэм къыхигъэщхьэхукIащ театрыр лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэмрэ зэкъуэтыныгъэмрэ зэрыхуэлэжьэфынур икIи хуэлэжьэни зэрыхуейр. ЖытIэнщи 2013 гъэм и япэ кварталым КъБР-м и сатущIэгъу нэхъыщхьэу уващ Китайр (ди деж къаша хьэпшып псоми я процент 16,45-р абы хуозэ), Италиер (процент 15,98-рэ), Тыркур (процент 12,64-рэ), СНГ-м и къэралхэм ящыщу Украинэмрэ (процент 38,31-рэ) Азербайджанымрэ (проценти 5,22-рэ). Республикэм нэгъуэщI къэралхэм къыщищэху хьэпшыпхэм щIитым и процент 20-м щIигъур Европэм, США-м, Китайм щагъэхьэзыра промышленнэ машинэхэмрэ Iэмэпсымэхэмрэ яхуозэ. «Аргументы и факты — Кавказ Ищхъэрэ» №31, 2013 гъэм бадзэуэгъуэм и 31-м.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30553.txt" }
КъБР-м Спортымрэ туризмэмкIэ и министерствэр, Дунейпсо Адыгэ Хасэр, Къэбэрдей Адыгэ Хасэр, «Адыгэ псалъэ» газетым, «Iуащхьэмахуэ» журналым я лэжьакIуэхэр Республикэм и спортым и ветеранхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI, СССР-м спортымкIэ и мастер Къуэдзокъуэ Анатолэ Тембот и къуэмрэ абы и къуэш, запасым щыIэ полковник Жамболэт Тембот и къуэмрэ яхуогузавэ я шыпхъу, лэжьыгъэм и ветеран ХьэщIэлI Фузэ Тембот и пхъур дунейм зэрехыжам къыхэкIыу.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30558.txt" }
Сыхьэт 24-кIэ Урысейм, Франджым, Германием, Мароккэм, Тыркум, Румынием, Украинэм, Молдовэм я спортсмен 70-м щIигъу хэтащ Trail Running Elbrus World Race — Iуащхьэмахуэ и хъуреягъыр къэжыхьын зэхьэзэхуэм. Ар жыжьагъ зэхуэмыдэу 3-м тету екIуэкIащ. Ику иту къащта лъагагъыр метр 4000 хъурт. Зэхьэзэхуэм хэт гупхэм километри 105-р ягъэкъаруун, Азау, Балкъ-Баши, Къарэкъая Ищхъэрэ, Кыртыкауш щхьэдэхыпIэхэм метр 2900-м щегъэжьауэ 3700-м нэблагъэкIэ зыщаIэтын хуейт. Зэпеуэм пашэ щыхъуащ Урысейм и «Урал-100» гупым и щIыхьыр зыхъумахэу Корсаков Владимиррэ Антонов Борисрэ. КъызэгъэпэщакIуэхэм яубзыхуа сыхьэт 35-ри абыхэм къагъэсэбэпакъым — атIэ жыжьагъыр сыхьэт 24-м и кIуэцIкIэ къызэранэкIащ. Я зэманым щыщу спортсменхэм жейм хухахар сыхьэтитI къудейщ. Тарим Алисэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30560.txt" }
Сабийхэм поплъэ ЦIыкIухэм гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэр я унэм щагъэкIуэху, ремонт лэжьыгъэ пыухыкIахэр щызэфIагъэкIащ Зэрэгъыж дэт «Нур» сабий садым. Ар зэраухуэрэ куэд щIакъым. КъэгъэщIэрэщIэжын фIэкIа нэгъуэщI хуэмыныкъуэ пэшхэм зэман куэди текIуэдакъым. Сабий гъэсапIэм и унафэщI ШэрыIужь Риммэ ремонт лэжьыгъэмкIэ арэзыщ: пэшхэр къабзэщ, нэхущ. ЛэжьакIуэхэми я къалэнхэр и чэзум кърахьэлIащ. КъищынэмыщIауэ, цIыкIухэм я зэхэщIыкIым зезыгъэужь зэрыджэгу хьэпшыпу сом мин 80 и уасэ къащэхуащ. АбыкIэ къадэIэпыкъуащ Зэрэгъыж щыщ хьэрычэтыщI Къардэн Мартин. Шэч хэлъкъым, фокIадэм мыбы къекIуэлIэжыну сабийхэри, абыхэм я адэ-анэхэри а псом зэрыщыгуфIыкIынум. ЖАНОКЪУЭ Хьэутий.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30564.txt" }
Зы щыуагъэм и уасэр «Енисей» (Красноярск) — «Спартак-Налшык» (Налшык) — 1:0. Красноярск. «Центральный» стадион. ШыщхьэуIум и 7-м. ЦIыху 2900-рэ еплъащ. Судьяхэр: Анопэ (Благовещенск), Абусуев, Гречишкин (тIури Санкт-Петербург щыщщ). «Енисей»: Плотников, Качан, Никитин, Пятикопов, Марущак, Лайзанс, Ситдиков (Пьянченкэ, 77), Иванов (Рыжов, 73) Лешонок (Рожков, 83), Лебамбэ (Буш, 63), Галыш. «Спартак-Налшык»: Цыган, Абазэ, Овсиенкэ, Суслов, Гарбуз, Щэуей (Аверьянов, 65), Руа, Коронов, Чеботару (Буйтрагэ, 69), Медведев (ЛIуп, 74), Гуэщокъуэ (Сира-дзе 61). Топыр дигъэкIащ: Лешонок, 31 (1:0). Дагъуэ къыхуащIащ Короновымрэ Абазэмрэ. 2012 — 2013 гъэхэм япэ дивизионым щекIуэкIа зэхьэзэхуэм «Спартак-Налшыкым» «Енисей»-м тIэунейрэ щыIущIати, тIэуми къыщыхигъэщIащ. Япэ щIыкIэ Красноярск ди хьэрхуэрэгъухэр 3:1-уэ къыщыттекIуащ, иужькIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэми 2:0-у къыщыдэфIэкIащ. Ар, дауи, лъэныкъуитIми ящIэжырт. Абы къыхэкIыу гужьгъэжь зиIэ «Спартак-Налшыкым» мы зэIущIэр хуабжьу жыджэру иригъэжьащ. Ар псынщIэт, IэкIуэлъакIуэт икIи ерыщт. А псоми ехъулIэныгъэ гуэр кърикIуэн хуейт. ПсынщIэ дыдэу хэгъэрейхэм хьэщIэхэр яхузэтемыIэгъэж хъуащ. Хэт ищIэнт адэкIэ Iуэхур къызэрыщIидзынур, епщыкIузанэ дакъикъэм Короновыр зэуа гъуэ нэщIым кIуэ топым «Енисей»-м и гъуащхьэхъумэхэм ящыщ зым къримыгъэгъэзатэмэ?! КъыкIэлъыкIуэу ардыдэр и закъуэу къызыхуэна гъуащхьэтетым ебзэджэкIыфакъым. Апхуэдэ къыщIэдзэкIэм красноярскдэсхэр игъэгу-жьеящ. Абыхэм топыр дэнэкIэ яхуми ядэрт, я гъуэр яхъумэжыф къудеймэ. Ар топджэгум еплъыну Красноярск и «Центральный» стадионым къекIуэлIахэм хуабжьу ягу ирихьыртэкъым. Ахэр зэрыгъэкIийуэ, фийуэ хуежьащ, я футболистхэм зыкъащIэжыну къыхураджэу. ИкIи абыхэм ар къайхъулIащ. Хуэм-хуэмурэ хэгъэрейхэм джэгур зэхуэдэ ящIыжащ. Абыхэм ебгъэрыкIуэныгъэ гуэрхэри къызэрагъэпэщу хуежьащ. АрщхьэкIэ я Iуэхум зыри къикIыну къыщIэкIынтэкъым, ди гъуащхьэхъумэхэр къадэмыIэпыкъуатэмэ: Гарбуз къыIэрыхьа топыр хуэмыгъэIэкIуэлъакIуэурэ, угловойм иригъэкIащ. Хэгъэрейхэм ар къыхатащ икIи бжыгъэр къызэIуха хъуащ: «Енисей»-м и гъуащхьауэ Лешонок къэлъеижа топым жыжьэу щыту и къару къызэрихькIэ еуащ икIи ди гъуащхьэтетым абы къригъэгъэзэфакъым — 0:1. КъалъыкъуэкIа щIэщхъум ди щIалэхэм я лъэр пIалъэкIэ щIигъэхуащ — джэгум и екIуэкIыкIэм апхуэдэ кърикIуэн хуейтэкъым. Мыгувэу зыщагъэпсэхунум и зэманыр къэсри, абыхэм Iэмал ягъуэтащ я къарур зэщIагъэуIуэжыну. ЕтIуанэ Iыхьэри налшыкдэсхэм хуабжьу жыджэру къыщIадзащ. КъыпфIэщIынут абыхэм мыгувэу бжыгъэр зэхуэдэ ящIыжыну. АрщхьэкIэ я гугъуехь псори псыхэкIуадэ ищIащ я хьэрхуэрэгъухэм я гъуэм топ дэзыгъэкIыфын къазэрыхэмыкIам. Иужь дыдэ Iэмалыр джэгум къыхущIагъуа дакъикъэхэм къахукъуэкIат, арщхьэкIэ хэгъэрейхэм я гъуащхьэтет Плотниковым ари къызэпиудащ. Ди щIалэхэр красноярскдэсхэм хуэдиплIкIэ ефIэкIащ топ дагъэкIыну яIа IэмалхэмкIэ. Ахэращ нэхъыбэрэ гъуэм еуари, угловой къыхэзытари. АрщхьэкIэ а псоми сыт я мыхьэнэ, топыр гъуэм яхудэмыгъэкIамэ?! Арати, «Енисей»-м, аргуэрыжьти, «Спартак-Налшыкыр» (ещанэу зэкIэлъхьэужьу) къыхигъэщIащ. Абы иужькIэ ди щIалэхэр япэ дивизионым къыщыкIэрыхухэм гъунэгъу дыдэ яхуэхъуащ. АдэкIэ къикIуэт зэрыщымыIэр гурыIуэгъуэщ. Абы щыгъуэми япэ дивизионым мы гъэм щекIуэкI зэхьэзэхуэр хуабжьу къызэщIоплъэ. Куэдым ягъэщIагъуэу турнир таблицэм бжьыпэр щызыубыда «Арсенал»-р Дзержинск къалэм щыдэджэгуат апхуэдэ дыдэу куэд зэзыгъэплъыжа, мазэ зытIущ ипэкIэ етIуанэ дивизионым къыхэкIа «Химик»-м. Ахэр зэхуэфащэу къыщIэкIащ икIи текIуар яхузэхэмыгъэкIауэ зэбгъэдэкIыжащ. Псалъэм къыдэкIуэу къыхэдгъэщынщи, а тIуращ мыгъэрей зэхьэзэхуэм къриубыдэу иджыри къэс зыми къыхимыгъэщIэфар. Ярославль щыIэу «Мордовия»-м щIыпIэ «Шинник»-р бжыгъэшхуэкIэ къытекIуащ. Абы ипэкIэ Тулэ щыIэу 0:4-уэ къызэрыхагъэщIар апхуэдэ щIыкIэкIэ хэгъэрейхэм япшыныжащ. Я стадионхэм щыджэгуа пэтми, ди гъуэнэгъухэми щIэгуфIэн Iуэхугъуэ бэрэжьей кIуам яIакъым. Куэдрэ ебгъэрыкIуа щхьэкIэ, «Алания»-м Владивосток къикIа «Луч-Энергия»-м и гъуэр хигъэщIэфакъым. «Ангушт»-м аргуэру зэхьэзэхуэм и хьэрхуэрэгъур къыщытекIуащ — иджы Волгоград и «Ротор»-р. ХьэщIэхэм яхэта ди лъахэгъу Аппаев Хъызыр псынщIэ дыдэу бжыгъэр къызэрызэIуихам нэзрандэсхэм закъригъэужьыжакъым. Иджы фыщыдгъэгъуэзэнщ япэ дивизионым хэт командэхэм иужьу ирагъэкIуэкIа зэIущIэхэм къарикIуа бжыгъэ псоми. Мис ахэр: «СКА-Энергия» (Хабаровск)- «Сибирь» (Новосибирск) — 2:1, «Газовик» (Оренбург) — «Динамо» (Санкт-Петербург) — 2:1, «Шинник» (Ярославль) — «Мордовия» (Саранск) — 3:0, «Химик» (Дзержинск) — «Арсенал» (Тулэ) — 1:1, «Уфа» (Уфа) — «Торпедо» (Мэзкуу) — 1:0, «Ангушт» (Нэзран) — «Ротор» (Волгоград) — 0:2, «Нефтехимик» (Нижнекамск)— «Салют» (Белгород) — 1:3, «Алания» (Владикавказ) — «Луч-Энергия» (Владивосток) — 0:0. Дыгъуэпшыхь «Спартак-Налшыкым» зи чэзу джэгу-гъуэр и стадионым щригъэкIуэкIащ. Абы къригъэблэ-гъащ Калининград и «Балтика»-р. Ди газетыр къыщыдэкIынум ирихьэлIэу ар иджыри иухатэкъым. А зэIущIэр зэрекIуэкIамрэ турнир таблицэм игъуэта теплъэмрэ ятеухуа тхыгъэр пщэдей къыте-ддзэнущ. Жыласэ Заурбэч.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30569.txt" }
Гъуазджэр зи гъащIэ УФ-м, КъБР-м, КъШР-м щIыхь зиIэ я артист, уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Ташло Алий и ныбжьыр нобэ илъэс 50 ирокъу ЦIыхум игъуэт IэщIагъэр, лэжьыгъэр и гум дыхьэмэ, ар иригъэфIакIуэ зэпытщ. ЖыхуэтIэр щынаIуэщ Ташло Алий и деж. Ар къы-щалъхуар Дзэлыкъуэ районым хыхьэ Малкэ (Ашэбей) къуажэрщ. Школ нэужьым ар щIэтIысхьащ Налшык къалэ дэт Музыкэ училищэм. ИлъэситIкIэ еджауэ, дзэм къулыкъу щищIэну ираджащ икIи къафэмрэ уэрэдымкIэ абы щыIэ ансамблым хагъэхьащ. Гупым хэту Алий КъуэкIыпIэ Жыжьэр къызэхикIухьащ, Магадан, Сахалин, Чукоткэ, Владивосток, Тындэ, Уссурийск, Биробиджан, нэгъуэщI къалэхэмрэ щIыпIэхэмрэ концерт гукъинэжхэр щиту. Санкт-Петербург дэт консерваторэр 1992 гъэм къиухри, Налшык дэт Музыкэ театрым къыкIэлъыкIуэ илъэсым лэжьэн щыщIидзащ. Апхуэдэуи ар Дагъыстэным оперэмрэ балетымкIэ и театрым, Пятигорск опереттэм и театрым ядэлажьэу къогъуэгурыкIуэ. 1995 — 1996 гъэхэм Ташлор хэтащ Карузэ Энрикэ, Пуччини Джакомэ сымэ я щIыхькIэ Милан къыщызэрагъэпэща дунейпсо зэпеуэхэм. КъищынэмыщIауи, Ла Скала оперэ театрым и режиссер нэхъыщхьэ Негри Робертэ уэрэджыIакIуэр иригъэблагъэри, и Iэзагъэм абы и деж щыхригъэхъуащ. Алий фIы дыдэу къехъулIахэм ящыщщ Верди Джузеппе и «Травиата», «Риголетто», Чайковский Петр и «Евгений Онегин», «Иоланта», Леонкаваллэ Руджерэ и «Паяцы», Пуччини Джакомэ и «Тоска» оперэхэм щигъэзэщIа роль нэхъыщхьэхэр. И илъэс 50-мрэ лэжьыгъэ IэнатIэ зэрыпэрытрэ мы гъэм илъэс 20 зэрырикъумрэ ехьэлIауэ уэрэджыIакIуэм пшыхь гукъинэж иджыблагъэ щыхузэхашащ Профсоюзхэм ЩэнхабзэмкIэ я унэм. Республикэм и щэнхабзэм хэлъхьэныгъэфI зэрыхуищIым папщIэ, Ташлом Парламентым и щIыхь тхылъыр къыхуагъэфэщащ, «Шэджэм къалэм щIыхь зиIэ и цIыху» цIэр къызэрыфIащам щыхьэт техъуэ тхылъыр къратащ. Концертым кърихьэлIахэр абы игъэгушхуащ и уэрэд нэхъыфIхэмкIэ. Ташло Алий дыIущIэри иджыблагъэ депсэлъащи, и гупсысэ-мурадхэмкIэ ди гуапэу дывдогуашэ. Узэгугъур къогугъуж — Алий, уцIэрыIуэщ, цIыхубэм фIыуэ укъалъагъу. Ахэр зэбгъэхъулIэныр гугъуу щыта? Сыт щапхъэ пхуэхъуар, гъуэгугъэлъагъуэу хэт уиIар? — Гугъууи щытащ, иджыри къэси апхуэдэ дыдэщ. КъызэрысщыхъумкIэ, абы нэгъуэщI хэкIыпIэ иIэкъым. «Узэгугъур къогугъуж», — жиIакъэ адыгэ псалъэжьым?! Тхьэр макъкIэ къыщыпхуэупсэкIэ, абы дэтхэнэри елэжьыжын хуейуэ къызолъытэ. Дыщысабийхэм нэхъ зэхэтхыу щытар уэрэджыIакIуэ нэхъ пажэхэм ящыщу Лемешев Сергей, Магомаев Муслим сымэ я макъырти, сащедаIуэкIэ сехъуапсэрт, «мыбыхэм хуэдэу уэрэд схужыIарэт», жысIэу. Къыхэзгъэщынщи, къуажэ щIалэ цIыкIум а зэманхэм иджыри сцIыхуртэкъым дунейпсо оперэм щыцIэрыIуэ Паваротти Лучанэ хуэдэ уэрэджыIакIуэхэр. Арами, уэрэд жыIэным пасэу си гур къыхуэушат. Школ нэужьым си хъуэпсапIэм нэхъ селэжьу, гугъу зыдезгъэхьу щIэздзащ. Музыкэ училищэм дыщIэтIысхьэри, деджащ, зыдгъэсащ, абы Iута ди егъэджакIуэфIхэм зэрахузэфIэкIкIэ щIэныгъэ къытхалъхьащ. Амщыкъуэ Хьэбыж, Къуэдзокъуэ Владимир сымэ я чэнджэщ куэд къэзгъэсэбэпащ, зыхэслъхьащ, икъукIэ сахуэарэзыщ абыхэм. Мыри сигу къинэжащ: Къуэдзокъуэм зыхуэзгъазэу (абы и классырат сыщеджар), консерваторэм сыкIуэну сызэрыхуейр щыжесIэм: «Сыт зэрыпщIынур, Алыхьым макъ къуитауэ уиIэщи, училищэр къэухи филармонием уэрэд щыжыпIэнщ», — къызжиIауэ щытащ. Зыри пэздзыжатэкъым, ауэ си жагъуэ хъуари хэлът… Санкт-Петербург дэт консерваторэм занщIэуи сыкъащтакъым. Илъэс 19 фIэкI сыхъуртэкъым, сыщIалэIуэт, си макъыр ягу ирихьами, иджыри пасэт, зэрыжаIамкIэ, оперэ гъуазджэм сыхыхьэныр. Ахэрт щхьэусыгъуэу къысхуагъэлъэгъуар. ЕтIуанэу щытезгъазэм, экзамен стын и пэкIэ, дохутырыр си тэмакъым къеплъри, сысымаджэу къызжиIащ, илъэскIэ уэрэд жызмыIэу згъэхъужмэ нэхъыфIу чэнджэщ къызитащ. Илъэс нэужьым, аргуэру, сежьащ консерваторэм сыщIэтIысхьэну, Iэнэр лъакъуищ иригъэкъун хуейтэкъэ?! Арати дохутырыр къызэплъри сыкъицIыхужауэ: «Аргуэру укъэкIуа?» — жиIэри зыкъысхуигъэзащ. ЗгъэщIэгъуат ар, апхуэдиз цIыхум, зэмани дэкIауэ, абы сакъызэрыхицIыхукIыжар. Ар къызэплъри, си макъым сэкъат имыIэжу къызжиIэри сигъэгуфIат. Абы щыгъуэм Оперэмрэ балетымкIэ Мариинскэ театрым щылажьэрт Ставрополь щыщ урыс щIалэ, УФ-м и цIыхубэ артист Стеблянкэ Алексей. Театрым роль нэхъыщхьэ дыдэхэр щызыгъэзащIэр арат. Ар къызэдаIуэри, игу срихьащ, адэкIэ илъэситхукIи дызэдэлэжьащ. — Щхьэ оперэт? — ЦIыху къэсыху щхьэж и макъ иIэжщ. Ахэр зэщхьэщокI: баритон, тенор, сопрано, бас, нэгъуэщI лIэужьыгъуэуи. Сэ сызэхъуапсэри си макъыр нэхъ зыхуэгъэпсауэ щытри оперэрат. Къапщтэмэ, консерваторэм сыщымыкIуэми, сэ адыгэ уэрэдхэри згъэзащIэу, хъарзынэуи къызэхъулIэу жысIэрт, ауэ си зэфIэ-кIым хэзгъэхъуэну сыхуейуэ, классикэр къыщIыхэсхари аращ. ТIэкIу гугъу сехьами, а унэтIыныгъэр къызэрыхэсхам сыхущIегъуэжкъым. Дахагъэ плъагъуху, абы удихьэхыу, ухуэпабгъэу укIуэ хабзэщ. Сэри аращ сщIар. Консерваторэм сыщыщIэсахэм Санкт-Петербург и театрхэмрэ филармониемрэ музыкант цIэрыIуэхэм, уэрэджыIакIуэ Iэзэхэм, оркестрыфIхэм дыщедаIуэрт, абыхэм дадэплъейрт. А псор лъабжьэ хуэхъуащ ди щIэныгъэм. Пэжыр жысIэнщи, занщIэу къызэхъулIакъым оперэр. Классикэм и лъагапIэр икIи нэхъ гугъу дыдэхэр оперэ, балет, симфоние макъамэ сытхэрщ. Гугъу дехьами, къытезгъэзэжынщи, а гугъуехьыр хуэфащэт абы. — Санкт-Петербург ущезыгъэджахэр… — ИкъукIэ лэжьыгъэшхуэ къыздригъэкIуэкIащ Стеблянкэм. ИтIанэ, ар езыр езыгъэджа профессор цIыхубз Серваль Нини, си насып кърихьэкIри, срихьэлIащ, сригъэджащ. Алексей щIэх-щIэхыурэ хамэ къэралхэм кIуэн хуей хъурти, арат а Нинэм деж зыщIыщызгъасэр. Абы фIэфIт нотэ лъагэхэр щыпIэтыфым деж… сэ ар къызэхъулIэрти, езым иригъаджэхэм щапхъэу сахуигъэлъагъуэрт. Макъыр хуиту утIыпщауэ бгъэIуфын щхьэкIэ, сэбэп къыпхуэхъу Iэмал Iэджэ къызжиIэу щытащ а цIыхубзым. Ди егъэджакIуэ нэхъыжьым Пуччини Джакомэ и «Богема» оперэр зыпищI щыIэтэкъым. А оперэм хэт Родольфэ и ариер Нинэ жызигъэIэрти, «Феплъ, федаIуэ мы щIалэм. Мыбы ептыр занщIэу ирегъэнэх, зыхелъхьэ, щапхъэ тефх», — жиIэурэ елъэIурт ар и студентхэм. Апхуэдэу гуапэу къысхущыта профессорыр сэри куэдрэ сигу къызогъэкIыж сыхуэарэзыуэ. — Оперэ гъуазджэм и лъахэу къалъытэ Италиер зэбгъэлъэгъуащ. Зэбгъэлъэгъуа мыхъуу, уи зэфIэкIи ущеплъыжащ, саугъэт лъапIи къыщыпхьащ. Езы къэралыр дауэ къыпщыхъуат? Итальяныбзэр ноби хуиту къыпхуэгъэсэбэпыну? — А щIыналъэр фIыуэ слъэгъуащ. Сыту жыпIэмэ, дэ тхуэдэ дыдэщ абы щыпсэухэри. Къыдэщхьщ, жысIэу аращ. ИтальяныбзэкIэ уэрэд щыжысIэкIэ, къызэдаIуэхэрти, сыздикIар щыжамыIакIэ, езыхэм сащыщу фIэкIи я гугъэтэкъым. ИужькIэ, Кавказым сызэрыщыпсэур къыщащIэм, абыхэм ар зэрагъэщIагъуэр слъагъурт. Къытызогъэзэжри, икъукIэ сигу ирихьащ Италиер, щыпсэухэри цIыхуфIхэщ. ИтIанэ, абы псоми уэрэд щыжаIэ… Итальяныбзэр тыншщ икIи срипсэлъэфынущ. Сэ нэхъыбэу сызыхуейр музыкэм, си лэжьыгъэм ехьэлIа гупсысэхэр къэзгъэлъэгъуэнырщи, ахэр а бзэм къизгъэтIэсэфынущ. Итальян уэрэд щыжыпIэкIэ, ар зытеухуар умыщIэу пхужыIэнукъым. Хьэуэ, пхужыIэнущ, ауэ ар псэкIэ зыхыумыщIэмэ нэсу пхуэгъэзэщIэнукъым, цIыхуми дахэу япхубгъэдэлъхьэнукъым. — Мы зэманым сытым уе-лэжьрэ? — Дагъыстэным оперэмрэ балетымкIэ и театрым Леонкаваллэ Руджерэ и «Паяцы» оперэр мыгувэу щагъэувыну я мурадщ. Абы Канио и партиер щызгъэзэщIэну къызэлъэIуащи, сыкIуэнущ, садэлэжьэну си гугъэщ. Оперэр ди дежи щыщагъэувам сыхэтащ. Къэбгъэлъагъуэмэ, сэ сыт щыгъуи сфIэхьэлэмэтщ гупыщIэ сахыхьэу, нэгъуэщI дирижер, музыкант, артистхэм садэлэжьэныр. ГъэщIэгъуэнщ, уи деж щыбгъэлъэгъуа оперэр нэгъуэщI щIыналъэм щыпсэухэм къазэрыщыхъунур зэбгъэщIэнуи… — Алий, итальяныбзэкIэ, испаныбзэкIэ, урысыбзэкIэ, адыгэбзэкIэ, нэгъуэщI бзэхэмкIи уэрэд жыбоIэ. Нэхъ ппэгъунэгъур дэтхэнэра? — Итальяныбзэрщ, ар си дежкIэ нэхъ тыншщ. А бзэр уэрэдым хуэщIащ. Сыт хуэдэ театри кIуэи, ар Ковент-Гарден, Метрополитен-опера, Ла-Скала ирехъу, нэгъуэщIу щрети, псоми щытетыр итальяныбзэрщ. Сэ сызыхэт унэтIыныгъэращ къасщтэри, оперэм къыщыбгъэсэбэпыну нэхъыфIыр аращ. Пэжщ, урысыбзэри Iейкъым. Чайковскэм итха «Евгений Онегин», «Пиковая дама» оперэхэр (мыгувэу Музыкэ театрым игъэувыну и мурадщ) — мыхэри щIэщыгъуэщ. — НтIэ, нэхъ пфIэгугъу партие щыIэ? — Чайковскэм и «Пиковая дама»-м хэт Герман и партиер сфIэгугъущ. Апхуэдэу Верди Джузеппе итха «Отелло» оперэри нэхъ гугъухэм ящыщу дуней псом къыщалъытэ. Арами, сыхуейт сэ Герман и партиер згъэзэщIэну, сигу зэгъэнут итIанэ. Испан уэрэджыIакIуэ Домингэ Пласидэ Герман и партиер япэу щигъэзэщIам апхуэдэ упщIэ иратати, жиIарат: «Отеллэ и партиер куэдрэ згъэзэщIащ, ауэ Герман ейр зэрыжысIа зэ закъуэм нэхъ гугъу сыдехьауэ къысщыхъуащ». — Алий, укъыщалъхуа Малкэ жылэм сыт хуэдэ гукъэкIыжхэмкIэ уепха? — Дыщысабийм бгым къыщыджыхьу, жьы къабзэкIэ дыбауэу зэрыщытар си нэгу къыщIэбгъэхьэжащ. Куэдрэ сигу къихьэр Балъкъ псырщ. Ди адэм жиIэрейт абы и зэхуэдитIыр зэнзэныпсу. Ар езыр игъащIэм Iэщым хэту къекIуэкIащ. Къущхьэхъу былымыр дахуу щыщыта зэманрати, зэнзэныпс аузхэмкIэ ар щIэх-щIэхыурэ екIуэкIырт, къэкIуэжа нэужьи жиIэрт: «Абы псы къыщIэжым щыщ ди Балъкъ къыхолъадэ, зыщывгъэпскI, фефэ, ар сэбэпщ». Сэбэп схуэхъуауэ пIэрэ Балъкъыпс, жызоIэ! — Уи хъуэпсапIэхэр… — Илъэс 20 мэхъу Санкт-Петербург сыкъызэрикIыжри, а илъэсхэм къриубыдэу, си Малкэ къуажэм сыкIуэу зэ концерт щыстыфакъым. Си хъуэпсапIэщ си къуажэгъухэр, нэгъуэщI мыхъуми, пшыхькIэ згъэгушхуэну. НэхъапэIуи ар зэзгъэхъулIэну къыщIэкIынт, ауэ жылэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэр езыр и теплъэкIэ дахэшхуэу щытми, и кIуэцIым ущIыхьэнкIэ Iэмал иIэкъым, и щхьэр къеухыжащ. Сыту фIыт ди унафэщIхэм абы гу лъатэрэ а тIэкIум зыгуэр тхуращIамэ. Иджыри къэс сигу щIэныкъуэри згъэзэщIэжа хъунут. — ЖыпIэну уэрэдыр къыщыхэпхкIэ, Алий, зэрыжыпIауэ, нэхъ гугъум зеппщыту ара, хьэмэ дауэ? — Иджыпсту ди цIыхухэм оперэр апхуэдэ дыдэу фIыуэ ялъэгъуауэ пхужыIэнукъым. Абы зэрыцIыкIурэ хуумыгъасэмэ, театрхэм епшалIэурэ апхуэдэ уэрэдхэм щIумыгъэдэIумэ, иужькIэ къахуэщтэркъым. Абы къыхэкIыуи, пшыхь щыстынум деж, цIыхум нэхъыбэу зэхах-зэдаIуэхэр къыхызох. Петербург сыщыщыIа илъэсхэм слъэгъуаращ: сабийр школым щыщIэс зэманым къыщыщIэдзауэ, классикэр зыхащIыкIыу къагъэхъу, а балигъыр зэдаIуэ оперэ макъамэхэм хуэдэ дыдэм махуэкIэ ахэр щIагъэдэIу. СызэригугъэмкIэ, апхуэдэут Iуэхум зэрыбгъэдыхьэпхъэр. — Тенор макъ лIэужьыгъуэр зиIэ закъуэтIакъуэхэм уащыщщ, партие гугъу дыдэхэр уогъэзащIэ. Уи щхьэр лъагэу уагъэлъэгъужрэ жыхуэсIэхэм? — Ар емыкIущ жыпIэну, ауэ сагъэлъэгъуж. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, щIыпIэ Iэджэм концерт щызотри, урысей къалэшхуэхэм сыдрахьейуэ пщIэ къыщысхуащI, абы щхьэкIи цIыхубэм фIыщIэ яхузощI. Ауэ къыжыIапхъэщ мыри: дэнэ сымыкIуами, си концертым зы адыгэ уэрэд хэзмыгъэхьэу къэзгъанэркъым. «Иджы си бзэкIэ фыкъедаIуэт», — жызоIэри, Даур Аслъэн итха «Адэжь лъахэу Къэбэрдей» уэрэдырщ нэхъыбэрэ утыку къисхьэр. Ар цIыхухэм ягу ирохь. — Дунейпсо оперэм хэт нэхъ щыбгъэлъапIэр? — Паваротти Лучанэ фIы дыдэу солъагъу, ноби содаIуэ и уэрэдхэм. Абы иужькIэ Домингэ Каррерас, урысеймкIэ дыкъэIэбэмэ — Атлантов Владимир, Образцовэ Еленэ, Нетребкэ Аннэ сымэ. Нетребкэмрэ сэрэ зы зэман дызэдеджащ, фIыуэ дызэроцIыху. Аннэ хуэсIуэхуащ Налшык къакIуэу пшыхь щитыну, мыбы ар фIыуэ зэрыща-лъагъури жесIащи, хъумэ, тлъагъункъэ… — Алий, лъэпкъ Iуэхухэм мащIэу я гугъу дыгъэщIи, сызэригугъэмкIэ, адыгэ уэрэдыжьхэм ящIэлъ гупсысэкIи я псалъэхэм я купщIэкIи къатекIуэн щыIэкъым. Апхуэдэхэр щIэх-щIэхыурэ утыку къипхьамэ, цIыхухэри нэхъыбэрэ абыхэм щIэдэIуамэ, адыгэбзэми и пщIэр къэIэтыжа хъунымкIэ зы сэбэп гуэр ари хъунтэкъэ? — Абыи согупсыс. Илъэс 50 сыхъуащи, адэкIэ адыгэ уэрэдыжьхэм гулъытэ яхуэсщIын хуейуэ къысщохъу. КъардэнгъущI Зырамыку, Къуныжь Хьэждал сымэ жаIэу щыта уэрэдхэр къэдгъэщIэрэщIэжу утыку къитхьэныр сфIэигъуэщ. Яхэтщ абыхэм оперэ гъуазджэм къибгъэтIасэ хъуну куэди, мис абыхэм селэжьыну сигу илъщ. — Уи IэщIагъэкIэ мыхъуу, уи хьэл-щэнкIэ сытым гу лъыдбгъэтэнт? — ЦIыху къынтIэшынтIэхэм сащыщу зыкъэслъытэжыркъым. Си гугъу къыумыщIмэ, уи Iуэху зесхуэнукъым, ауэ леи зытезгъэхьэнукъым. Си адэ-анэм пэжыгъэрщ сызыхуагъэсари, аращ слъэкIыхукIэ сызытетынур. — Мы гъащIэм нэхъыщхьэу къыщохъулIауэ сыт къэплъытэр? — Си макъыр и пIэ зэриуварщ. Абы зэман куэд тезгъэкIуэдащ. Сыт щыгъуи сызыхущIэкъуар си республикэр, си цIыхухэр згъэгушхуэнырщ, зэрысIэтынырщ. Тхьэм жиIэмэ, къэкIуэну зэманми аращ сызэлэжьынур… Епсэлъар БАГЪЭТЫР Луизэщ. Ташлор и ныбжьэгъухэм яхэту. Балъкъыпс ефа Iей хъуркъым Дызэкъуажэгъущ Ташло Алийрэ сэрэ. Ар — бгы лъапэмкIэ, сэ — псы IуфэмкIэ дыкъыщыхъуащ. Дыкъыщыхъуащ жысIэ щхьэкIэ, къуажэм и гъунэ зырызщ дыщыпсэуар, къинэмыщIауи сэ езанэ классыр къэзуха нэужь, къалэм сыкъэкIуащ сыщеджэну. Арами, абы и хъыбар зыхэсхрейт. «А щIалэ цIыкIум зы макъ иIэщи, бгым дэкIауэ уэрэд щыжиIэкIэ, къуажэкIэм нэс щызэхыбох», — жаIэрт къуажэдэс щIалэгъуалэм. Гу лъытэн хуейщ: ар иджыри школым щыщIэс зэманрат… Налшык музыкэ училищэм Алий ныщыщIэтIысхьам, сэ а еджапIэр къэзухырт. Абы къыхэкIыуи, а лъэхъэнэхэм иджыри ар фIыуэ сцIыхуртэкъым. ЗгъэщIэгъуауэ зы Iуэху закъуэ IупщI дыдэу сощIэж: училищэм щеджэу, Алий Iэмал къратауэ щытащ симфоние оркестрым щIыгъуу концерт гуэрым уэрэд щыжиIэну. Ар еджакIуэм дежкIэ пщIэшхуэт, щытхъум я нэхъ лъапIэт. Училищэм щеджахэм ящыщу апхуэдэ насып нэгъуэщIым къытхукъуэкIауэ щытауэ сщIэжыркъым… Ташло Алий и закъуэщ зи зэфIэкIхэр Италием къыщызыпщытэжауэ диIэр, ар «лъэпкъым и набдзэ» зыхужыпIэ хъуну ди уэрэджыIакIуэ пажэщ. ЦIыхухъум и губзыгъагъэм и нэщэнэу къызолъытэ щхьэгъусэфI, унэгуащэ пэж къызэрыхихыфыр. Абы тепщIыхьми, Алий Iущыгъэ ин зыхэлъщ. Тамарэ (абы и щхьэгъусэр) илъэс 30 хуэдиз хъуауэ соцIыху икIи дызэныбжьэгъущи, а зы хьэлымрэ зы пIэмрэ итщ, уемыхъуэпсэнкIэ Iэмал имыIэу. Жьэгур зыхуейри хуегъазэ, и лэжьыгъэри ирегъэфIакIуэ, Алий и Iуэхухэри деIыгъ. Сыт щыгъуи диIыгъащ абы и щхьэгъусэм и IэщIагъэр, уеблэмэ Ташлор еджэну консерваторэм щыкIуэми, и уэрэд жыIэнри къигъанэри (а зэманым Тамарэ республикэм фIыуэ къацIыхуа уэрэджыIакIуэ нэхъ щIалэхэм ящыщт), илъэситхуми Алий къуэту абы щыIат. Ар щIыжысIэрщи, уи Iуэху къохъулIэнкIэ, нэгъуэщIкIэ унагъуэм куэд зэрелъытар къыхэзгъэщыну сыхуейщи аращ. Езы Ташломи и щхьэгъусэм щхьэкIэ жиIэ хабзэщ: «Ар мыхъуамэ…». Мы зэманым Музыкэ Театрым щыри дыщызэдолажьэри, я Iэзагъым къищынэмыщIа, сэ абыхэм ядэслъагъур сыт щыгъуи дызыхуей зэгурыIуэрщ. Алий щIэзгъэлъапIэхэм ящыщщ, къытызогъэзэжри, апхуэдэ цIыхубз къызэрыхихыфар, ар и насыпышхуэу къысщохъу. Я щIалэри дыгъэм хуэдэщ, сабий IэфIщи «си къуэ цIыкIукIэ» фIэкIи седжэфыркъым. Алий лэжьакIуэшхуэщ. Зы махуэ къанэу къыщIэкIынкъым ар театрым е училищэм кIуэуэ и макъым емылэжьу. ЗэрыфщIэщи, уэрэджыIакIуэм и макъыр дахэу, жьгъырууэ щытын папщIэ, махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу абы елэжьыжын хуейщ. Ар къыгуроIуэ Алии, зэман къигъуэтурэ а сыхьэт-сыхьэтитIыр а Iуэхум хухех. Гъуазджэм апхуэдэ дыдэу хэпщIа цIыхум унагъуэ IуэхукIэ ищIэф щымыIэу къызыщыхъуи урохьэлIэ. Сэ сызэрыщыгъуазэмкIэ, а Iуэху еплъыкIэр Ташлом деж щылъэлъэжынущ. УнагъуэкIэ дызэкIэлъокIуэри, солъагъу, зы дакъикъи емытIысэхыу абы зыгуэр зэрищIэр: хадэм ихьэнщ е пщIантIэм щыIэбэнщ, зигъэпсэхуну щетIысэхыр зэзэмызэ дыдэщ. Лэжьыгъэр езым зэрыфIэфIым щхьэкIэ, Алий адрейхэми япеубыд Iуэхум дэтхэнэри апхуэдэу бгъэдэтын хуейуэ. Жэуаплыныгъэ хэлъщ, и псалъэм епцIыжыркъым. Ауэ а псом, дауи, ящIыIужыр и талантырщ. Балъкъыпс ефа Iей хъун хуейкъым… КЪРЫМ Иринэ, Ингуш, Осетие Ипщэ республикэхэм щIыхь зиIэ я артисткэ. Джэш Вячеслав, Къуныжь Алим, Ташло Алий. Адыгэм ди амкIыщ ЗэфIэкIышхуэ зыбгъэдэлъщ Ташло Алий. МакъыфI иIэщ. Дэнэ щIыпIи фIыуэ къыщалъагъу, Iэгуауэшхуэхэр хуаIэт. А псом щIэдзапIэ хуэхъур Ташлор сыт хуэдэ Iуэху пэрыхьэми, нэгъэсауэ зэригъэзащIэрщ. Уэрэд къыхихар гурэ псэкIэ имыгъэвауэ, ар зыхимыщIауэ утыку къыпхурихьэнукъым, абы теухуауэ лэжьакIуэшхуэщ. ЦIыхур зыгъэлъапIэ хьэлыфI куэд хэлъщ Алий. Сэ абыхэм сыщыгъуазэщ, илъэс 25-м щIигъуауэ абы сыкъыдогъуэгурыкIуэри. ЦIыху пэжщ, укъигъэпцIэжынукъым, уеблэмэ тIасхъэщIэх бгъакIуэ хъунщ жы-зоIэ. Хабзэм зэрыхищIыкIыр-щэ?! Ар фIым я фIыжщ. Удэлэжьэнуи тыншщ абы. И уэрэд жыIэнырами нэгъуэщI зы лэжьыгъэ гуэру щытми, езэш имыщIэу Алий псори и кIэм негъэс. Апхуэдэхэр закъуэтIакъуэщ. Дызэдэлажьэм и мызакъуэу икIи дызэныбжьэгъущ абырэ сэрэ. Нэхъыщхьэращи, къыхиха и IэщIагъэм егъэлеяуэ фIыуэ хещIыкI. Абы зыхещIэ дапхуэдэу и уэрэдыр цIыхум деж нэхъыфIу нэхьэса хъунуми, сыт хуэдэу ар абыхэм къагурыIуэнуми. УэрэджыIакIуэ нэсым бгъэдэлъын хуей псори иIэщ Ташлом, аращ ар цIэрыIуэ щIэхъуари. СызэригугъэмкIэ, абы хуэдэ уэрэджы-IакIуэхэм дащыс-хьын, уеблэмэ дгъэфIэн хуейщ, апхуэдэхэм я гъащIэр цIыхубэм тегъэпсауэ щытщи. Алий уIуплъамэ ауэ цIыху къызэрыгуэкIщ, ауэ укIэлъыплъыжакъэ — псоми хэзыщIыкI цIыху губзыгъэщ. Леонкаваллэ Руджерэ и «Паяцы» оперэм и роль нэхъыщхьэр уи псэм пхыбгъэкIыу утыку къипхьэныр ар сыт хуэдэ лэжьыгъэ?! Гугъу дыдэщ, итIани Алий ар дэгъуэу хузэфIокI, и Iэзагъым и щыхьэтуи ар къызолъытэ. Зэманыр псынщIэу макIуэ, дыхунэмысу къытщыхъуури дифI зыхэлъ куэдым гулъытэ хуэтщIыркъым. Алий хуэдэ дэ диIэкъым, дыхуэсакъыпхъэщ. Сохъуэхъу Ташлом узыншэну, и гъащIэм щыщ Iыхьэ хъуа и IэщIагъэм иджыри хъер куэд къыпэкIуэну! БАТЫР Мухьэдин, УФ-м щIыхь зиIэ и артист. Алий и къуэ Тембулэт и гъусэу. ЗакъуэтIакъуэщ апхуэдэхэр Апхуэдэу жысIэным сыщIытегушхуэр мы уэрэджыIакIуэм и Iэзагъэм шэч къытезыхьэн щымыIэу къысщохъури аращ. ДызэрыцIыкIурэ дыкъыздэхъуащи, сэ сыщыгъуазэщ ар зыпхыкIа гъуэгуанэ дахэм, ауэ икIи гугъум. ИгъащIэм цIыхум зэран хуэхъуауэ Алий сэ сщIэжыркъым, сыт щыгъуи дэрэжэгъуэ хэлъу IуэхуфIхэм зрипщыту къекIуэкI зэпытщ. ЦIыху щабэщ, Iэдэбщ, нэхъыжь-нэхъыщIэ ищIэу щытщи, абы уримыгушхуэу къанэркъым. Лэжьыгъэ елъытауэ жыпIэмэ, мыр цIыху ерыщщ. Щысабийм къыщыщIэдзауэ, тIэкIу-тIэкIуурэ зэпищэурэ абы зригъэхъулIауэ жыпIэ хъунущ зыщIэхъуэпса и IэщIагъэр. Училищэр, консерваторэр, «Ла Скала» театрыр — сыт щыгъуи и щIэныгъэм зэрыхигъэхъуэным хуэпабгъэу Алий къекIуэкIащ икIи къысщохъу лъагапIэфI абы зригъэгъуэтауэ. Аращ Iуэхум гу къабзэкIэ убгъэдэтмэ, дахагъэм ерыщу ухущIэкъумэ. ЦIэрыIуэ хъу цIыхухэм щыкI куэд къахокI. Алий апхуэдэкъым. Абы зыдригъэхьэхакъым а Iуэху мышыухэм. А псом я лъабжьэр абы цIыху хэтыкIэ зэрищIэрщ, тыншу псоми зарадекIуэкIыфырщ. Нэхъ дыщыщIэла зэманхэмкIэ згъэзэжынщи, сигу къэзгъэкIыжхэм ящыщщ Алий и гъусэу къуажэ клубым сэри секIуалIэурэ си зэфIэкI сеплъыжу зэрыщытар. Ауэ сэ макъ сиIэ къыщIэкIынтэкъым, а унэтIыныгъэм сыхэзэгъакъым… сызыщыгуфIыкIыр Алий дызэрыгушхуэн уэрэджыIакIуэ пажэ къызэрыхэкIарщ. Ди къуэшыр, ди ныбжьэгъуфIыр ефIэкIуэну, лъэпкъым и пщIэр лъагэу иIэту илъэс куэдкIэ тхуэпсэуну ди гуапэщ. ТАШЛО Хьэсэн.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30573.txt" }
ЩIыхь зиIэхэр Налшык къалэ округым и щIыпIэ самоуправленэм и советым и депутатхэм «Къалэм щIыхь зиIэ и цIыху» цIэ лъапIэр яфIищащ Исмэхьил Алийрэ Абдуллаев Мустэфарэ. Исмэхьил Алий 1926 гъэм щэкIуэгъуэм и 6-м ДАССР-м и Буйнакск районым щыщ Казанище Ищхъэрэ къуажэм къыщалъхуащ. 1944 гъэм шоферу лэжьэн щIидзащ. Илъэс 60-м щIигъум къриубыдэу «Советская молодежь» (Налшык къалэ), «Коммунист» (Бахъсэн къалэ) газетхэм щылэжьащ, КПСС-м и Ленин райкомым и япэ секретару, Налшык къалэм и Iэтащхьэу щытащ. 1987 гъэм пенсэм кIуа иужькIи лэжьыгъэр зэпигъэуакъым. Псалъэм и хьэтыркIэ, 2005 гъэм къыщыщIэдзауэ 2008 гъэр къэсыху УФ-м и Суд Нэхъыщхьэм и деж щыIэ Суд департаментым КъБР-мкIэ и къудамэм и IэщIагъэлIу щытащ. Алий къыхуагъэфэщащ «ЩIыхьым и дамыгъэ» орденыр, «И къару емыблэжу зэрылэжьам папщIэ. Ленин В. И. къызэралъхурэ илъэси 100 зэрырикъур ягъэлъапIэкIэрэ», «1941 — 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм фIы дыдэу зэрыщылэжьам папщIэ» медалхэр. Абы фIащащ «Лэжьыгъэм и ветеран», «Урысейм и Гидрометеокъулыкъум щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэхэр, иратащ щIыхь тхылъ, медаль куэд. Зауэм, лэжьыгъэм, IэщэкIэ зэщIэузэда къарухэм, хабзэхъумэ органхэм я ветеранхэм я Налшык къалэ советым и унафэщI Абдулаев Мустэфа 1933 гъэм мэкъуауэгъуэм и 15-м Гундэлэн къуажэм къыщалъхуащ. «Вагъуэ Плъыжь», «Къулыкъу зэрищIэм папщIэ» орденхэр, «Дагъуэншэу къулыкъу зэрищIэм папщIэ» медалым и 1-нэ, 2-нэ, 3-нэ нагъыщэхэр, «Гъуэзэджэу къулыкъу зэрищIэм папщIэ» медалыр, апхуэдэу юбилей медалу 14 къыхуагъэфэщащ. Мустэфа къыпхуэмылъытэн хуэдиз хэлъхьэныгъэ хуещI къытщIэхъуэ щIэблэр Хэкум лъагъуныгъэ хуиIэным щIэпIыкIыным. «Налшык щIыхь зиIэ и цIыхум» и бгъэхэIу дамыгъэр, тхылъыр, дипломыр апхуэдэ пщIэ зылъысахэм иратынущ Къалэм и махуэр гъэлъэпIэным егъэщIылIа гуфIэгъуэ Iуэхухэм хэту. Абыхэм апхуэдэу ахъшэ саугъэту сом мин пщIырыпщI хуагъэфащэ икIи мазэ къэс псэупIэмрэ коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэмрэ щIатым сом минитI хухалъхьэнущ. «Налшык щIыхь зиIэ и цIыху» цIэ лъапIэр фIащащ къалэм и къуэ, ипхъу 46-м. ЩIыпIэ самоуправленэм и къалэ советым апхуэдэ цIэр фIэщыным теухуа зэIущIэр илъэсым зэ иригъэкIуэкIыу аращ икIи ар зэуэ зыфIащыр цIыхуитIым щIигъуркъым. Уянаевэ Заринэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30579.txt" }
ПIалъи гъуни иIэкъым Сирие Хьэрып Республикэм илъэситIым щIигъуауэ щекIуэкI зауэм и хьэзабыр дыркъуэ ину зытридзэ ди лъэпкъэгъухэм я Iуэхум иримыгузавэ адыгэ зы щIыпIи щыпсэуркъым. МафIэм зи щхьэр хэлъ хэхэс адыгэхэмрэ хэкур зэзыгъэгъуэтыжа ди къуэшхэмрэ зы мащIэкIэ нэхъ мыхъуми ядэIэпыкъун мурадкIэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм жэрдэм къыхилъхьауэ щытащ марафон жыпхъэм иту ахъшэ зэхуихьэсыну. Ар щекIуэкIа махуэми къыкIэлъыкIуэхэми цIыхухэм яхэлъ гущIэгъум и щыхьэту Сирием щыщ ди къуэшхэм папщIэ ахъшэ зэхуахьэс. Налшык къали, республикэм и районхэми псапащIэ Iуэхухэр щекIуэкIащ, гъунэгъу хэгъуэгухэми, ди къуэш республикэхэми, хамэ къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэми яхузэфIэкI къагъанэркъым. Мы Iуэхум зи гуащIэ хэзылъхьэр адыгэхэм я закъуэкъым, атIэ дэ къыддэпсэу адрей лъэпкъхэм ящыщхэми яIэ мащIэмкIэ зыщIагъэкъуащ гузэвэгъуэ хэхуахэм. СХьР-м щыщ ди лъэпкъэгъухэм мылъкукIэ ядэIэпыкъун папщIэ газетхэм къытрадзауэ щыта банкым и счетым ахъшэ езыгъэхьахэрщ и лъабжьэм къыщыхьар. ЯIэр куэдми мащIэми, ДАХ-м кърихьэжьа псапэ Iуэхум къыпэджэжащ IуэхущIапIэхэри, пенсэ ныбжьым нэсахэри, зи къару илъыгъуэхэри. Къапщтэмэ, «хьэрып гъатхэр» къыщежьа дыдэм, ди лъэпкъэгъухэм япэу защIэзыгъэкъуахэм ящыщщ «Адыгэ псалъэ» газетым и редакцэр. Абы иджы хилъхьа сом мин 20-м нэмыщI, нэгъаби сом мини 10 ДАХ-м иригъэхьауэ щытащ. Я гуащIэдэкIкIэ ди къуэшхэм япэIэбащ «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, КъБР-м и Парламентым ФедерацэмкIэ Советым сенатору игъэкIуа Бечелов Ильяс, нэгъуэщIхэри. Банкым ахъшэ хэзылъхьахэм я бжыгъэр куэдкIэ нэхъыбэщ, ауэ цIэ-унэцIэ кърамыIуэу зи мылъку хэзыгъэщIаи щыIэщи, псапэу тхьэм къаритыж. Псапэ щIэным пIалъи гъуни иIэкъым. Ди къуэшхэм къалъэIэса гузэвэгъуэр къытфIэмыIуэхуныр лъэпкъыр зыгъэбгъунлъэ Iуэхущ. Нобэ дэхуэхахэм дадэвгъэIэпыкъу, къуэш гумащIэу дакъыхущIэвгъэкI. Иджыри зэ фигу къыдогъэкIыж: КъБР-м ит IуэхущIапIэхэм, цIыху щхьэхуэхэм ягу пыкI ахъшэр мы счетым иралъхьэ: ИНН 0711040610/КПП 072101001 Расчетный счет 40703810060330000227 БИК 0407026660 Корсчет 30101810600000000660 В Кабардино-Балкарском ОСБ №8631, КБР, г. Нальчик, ул. Пушкина/Кешокова, 33-А/72. Банкым ахъшэ езыгъэхьахэр 1. «Трек» ООО — сом 3000 2. Блий Амурбэч (Налшык) — сом 1000 3. Тхьэмокъуэ Хь. М. (Шэджэм) — сом 1000 4. Сэхъурокъуэ Анатолэ (Хьэмдэхъум и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр мэкъумэш колледж, Старэ Шэрэдж) — сом 16 600-рэ 5. «Горный родник» санаторэ — сом 20 000 6. Къуэжей Мирэ (Налшык) — сом 300 7. Джэтокъуэ Юрэ (Къэхъун) — сом 500 8. Дэбагъуэ Ислъам (Черкесск) — сом 1500-рэ 9. Бгъэжьнокъуэ Лидэ (Налшык) — сом 1940-рэ 10. ФиIэпщэ Зулкъанин (Налшык) — сом 3000 11. Уэзрокъуэ Аслъэн (Налшык) — сом 3100-рэ 12. Тау Пщыкъан (Налшык) — сом 5000 13. Шыгъушэ Исмэхьил (Зеикъуэ) — сом 1000 14. Уянаев Кязым (Налшык) — сом 1000 15. Тэрч районым финансхэмкIэ и управленэм — сом 1400-рэ 16. Щыхьмырзэ Мухьэмэд (Налшык) — сом 10 000 17. «Элеватор» ООО — сом 15 000 18. ТIамжьыкъуэ Умар Фарукъ (Европэм щыIэ Адыгэ Хасэхэм я Федерацэ) — сом 115 210-рэ 19. Архэст Валерэ (Налшык) — сом 20 000 20. Тэрч район сымаджэщ — сом 41 200-рэ 21. Мамхэгъ Хь. — сом 1000 22. Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ къэрал библиотекэ — сом 14 300-рэ 23. Вэрий Маринэ (Тэрч) — сом 170 600-рэ 24. ХьэхъупащIэ МуIэед (Нарткъалэ)- сом 1000 25. «Ленинцы» мэкъумэш кооператив (Май) — сом 30 000 26. Щокъал Тимур (Тэрч) — сом 4080-рэ 27. Бечелов Ильяс (Москва) — сом 10 000 28. КъБР-м и Профсоюзхэм я федерацэ — сом 10 000 29. КхъуэIуфэ Хьэчим (Налшык) — сом 1500-рэ 30. Сэхъурокъуэ Хьэутий (Налшык) — сом 10 000 31. Шыбзыхъуэ Аслъэн (Налшык) — сом 270-рэ 32. «Адыгэ псалъэ» редакцэ — сом 20 000 33. Тохъутэмыщ Мухьэмэд (Налшык) — сом 1000 34. Шапсыгъ Хъусен (Налшык) — сом 500 35. Астэжь Амир (Черкесск) — сом 500 36. КIэрэфхэ я бзылъхугъэ (Налшык) — сом 5000 37. Темиржанов Махъты (Къэщкъэтау) — сом 29 100-рэ 38. ХьэфIыцIэ Мухьэмэд (Налшык) — сом 7000 Мэкъуауэгъуэм (июным) и 29-м екIуэкIа телемарафоным хэтахэм псапэ Iуэхум халъхьащ сом 1. 348. 936-рэ. ШыщхьэуIум и 5-м нэсыху а бжыгъэм сом 918.842-рэ хэхъуащ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30582.txt" }
НэщIикIыж хьидыр ягъэлъапIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым ис муслъымэнхэм нэщIикIыж хьидыр шыщхьэуIум и 8-м ягъэлъэпIащ. Къуэдзокъуэ Мухьэмэдрэ Дзасэжь Хьэзрэталийрэ я псалъэ. Махуэшхуэм ехьэлIа Iуэхугъуэ нэхъ инхэр Налшык и мэжджыт нэхъыщхьэм щекIуэкIащ. Махуэкум и пщэдджыжьым абы цIыхур щIэзу къызэхуэсат. — Мы дакъикъэхэм дуней псом и щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щыпсэу ди къуэш, ди шыпхъу мелуанхэм нэщIикIыж хьидыр зэдагъэлъапIэ, — жиIащ къызэхуэсахэм нэмэз лъапIэр яригъэщIыным щIимыдзэ щIыкIэ КъБР-м ис муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и унафэщI Дзасэжь Хьэзрэталий. — Абыхэм Алыхь Иным зыхуагъэщхъ икIи я нэщIри нэмэзри къабылу Iихыну йолъэIу, Рэмэдан мазэм фIэщхъуныгъэ лъэщрэ гугъапIэ дахэрэ къахуихьыну щIохъуэпс. АдэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и муфтийр къеджащ щIыпIэ куэдым кърагъэха хъуэхъу телеграммэхэм. Ахэр къабгъэдэкIащ Урысей Федерацэм и Правительствэм и УнафэщI Медведев Дмитрий, гъунэгъу республикэхэм я Iэтащхьэхэмрэ дин лэжьакIуэхэмрэ, къэрал къулыкъущIэ куэдым. Республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен нэщIикIыж хьид махуэшхуэм ирихьэлIэу цIыхухэм зэрызахуигъазэм КъБР-м и вице-премьер Къуэ-дзокъуэ Мухьэмэд къызэхуэсахэм къахуеджащ. «Къэбэрдей-Балъкъэрым и жылагъуэм щытыкIэр щефIэкIуэныр куэдкIэ елъытащ муслъымэнхэм, — итщ абы. — Къэралым и сэбэп хэлъщ ислъамым и щэнхабзэ, псэкупсэ хабзэхэр — мамырыгъэм, зэрахьэ диным емылъытауэ цIыхухэм пщIэ зэхуащIыным, гъунэгъугъэр гъэлъэпIэным, гумащIагъэм, зызэщIэгъэкъуэным хуэунэтIахэр — къэгъэщIэрэщIэным». Рэмэдан мазэр зэриухам папщIэ яIэта хъуэхъухэм иужькIэ къызэхуэсахэм нэщIикIыж нэмэз лъапIэр зэдащIащ. Ахэр Алыхьталэм елъэIуащ ди щIыналъэм сыт щыгъуи мамырыгъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ щытепщэну, абы щыпсэухэм узыншагъэрэ дэрэжэгъуэрэ яIэну, етIанэгъэ пIалъэ гуфIэгъуэкIэ нэсыну. Хьэтау Ислъам.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30584.txt" }
КъБР-м электрокъарур къыщызыгъэсэбэпхэм папщIэ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Хьэсанэ Руслан иджыблагъэ IущIащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округымрэ Къалмыкъымрэ электрокъарукIэ къызэзыгъэпэщ IуэхущIапIэхэм я зэгухьэныгъэм и генеральнэ директор Ейст Александр. Ахэр тепсэлъыхьащ республикэм и энергетикэ IэнатIэм зегъэужьынымкIэ зэфIэгъэкIыпхъэхэм. ЛъэныкъуитIми къыхагъэщащ псэупIэ-коммунальнэ IэнатIэм, псыкIэ къалэр къызэзыгъэпэщ IуэхущIапIэхэм, апхуэдэу узыншагъэр хъумэнымкIэ IуэхущIапIэхэм къагъэсэбэпа электрокъарум и уасэр зэратыр егъэфIэкIуапхъэу къызэралъытэр. КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым къыхигъэщхьэхукIащ республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен къигъэува къалэным тету дебитор щIыхуэр икIэщIыпIэкIэ пшыныжыным гулъытэшхуэ зэрыхуащIыр. КъБР-м и Iэтащхьэм зыхуэфащэ IэнатIэ псоми я пщэ ирилъхьащ электрокъарумкIэ щIыхуэ псори зытрагъэкIыжын хуейуэ. Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и щIыналъэхэр электрокъарукIэ зэблэу къыхэмыкIыу къызэрагъэпэщыну зи къалэн IуэхущIапIэхэм я зэгухьэныгъэм и Iэтащхьэ Ейст Александр хэхауэ жиIащ ди республикэм и къалащхьэм электрокъарур къыщызыгъэсэбэп псоми «Къэббалъкъэнерго» ОАО-м зэгурыIуэныгъэхэр иращIылIэнымкIэ КъБР-м и Правительствэр дэIэпыкъуэгъушхуэ зэрыхъур. ЕкIуэкIа псалъэмакъым къыхэщащ электрокъарур къэзыгъэсэбэпхэм Iуэхутхьэбзэ хуэзыщIэ центрхэр къызэIуахыну зэрамурадыр. «Дызэрыт мазэм и кIэухым ирихьэлIэу апхуэдэ центрхэр Осетие Ищхъэрэ-Аланием, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым къыщызэIуахынущ. Абы теухуа лэжьыгъэхэр я гуащIэгъуэу йокIуэкI», — жиIащ Ейст Александр. Мы Iуэхур и зэманым зэфIагъэкIын папщIэ КъБР-м и Правительствэри ядэIэпыкъунущ. Апхуэдэ дэIэпыкъуныгъэм хеубыдэ электрокъарур къэзыгъэсэбэпхэм Iуэхутхьэбзэ щыхуащIэ IуэхущIапIэхэм ящыщ зыр къалэн куэд зэфIэзыгъэкI республикэ центрым и унэм зэрыщылэжьэнур. КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30589.txt" }
Псыхуабэ утыку щрахьэ «Мэшыкъуэ -2013» щIалэгъуалэ форумым КъБР-м щыщу кIуэнухэр хуагъэхьэзыр. Абы и къызэгъэпэщакIуэхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, адрей илъэсхэм елъытауэ мыгъэрейхэм я зэхыхьэр куэдкIэ нэхъыфIу, зыхуей хуэгъэзауэ щытынущ. Иджы гулъытэ щхьэхуэ зыхуащIахэм ящыщщ ныбжьыщIэхэр ИнтернеткIэ къызэрызэрагъэпэщынумрэ зэIущIэм хэтынухэр зэрагъэшхэнумрэ. Мы гъэм ди республикэм щыщу абы кIуэну ныбжьыщIэ 240-рэ къыхахащ. Форумыр IыхьитIу гуэшауэ щытынущи япэ Iыхьэм цIыхуи 120-рэ, етIуанэми апхуэдиз трагуэшащ. Япэ Iыхьэм хэтынухэм я проектхэр яIыгъыу шыщхьэуIум и 14-м Псыхуабэ (Пятигорск) кIуэнущ. 2011, 2012 гъэхэм екIуэкIа форумхэм япкъ иткIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым икIа ныбжьыщIи 160-м я проектхэр пхагъэкIри, ахэр ирырагъэзэщIэну мылъкукIэ дэIэпыкъуныгъэ ягъуэтащ. Мы гъэм Мэшыкъуэ щекIуэкIыну щIалэгъуалэ зэхыхьэм сом мелуанищэ хухахынущ. Къыхэгъэщыпхъэщ, ипэ илъэсхэм щIалэгъуалэм утыку ирахьэ проектхэр хьэрычэтыщIэ Iуэхухэм, мылъку къегъэщIыным ехьэлIауэ щытамэ, иджы абы хэтыну зезыгъэтхахэм и нэхъыбэм я лэжьыгъэхэм социальнэ унэтIыныгъэ зэраIэр. «Адыгэ псалъэ» газетым и корреспондент Щомахуэ Залинэ (сурэтым) «Лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэ» проект игъэхьэзырауэ Мэшыкъуэ кIуэну япэ гупым хэтщи, гъуэгу махуэ техьэну, ехъулIэныгъэфIхэр зыIэригъэхьэну дыхуохъуахъуэ! Инэрокъуэ Данэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30593.txt" }
Ирехъу Iуащхьэмахуэ Урысейм и дамыгъэ дахэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и напщIэ, Европэ псом бгы нэхъ лъагэ дыдэу ит Iуащхьэмахуэ «Урысей 10» зэпеуэм ипэкIэ щагъэкIуэтэн мурадкIэ Абхъазым и утым махуиплI и пэ зэхыхьэ щрагъэкIуэкIащ. ВГТРК-м и «Къэбэрдей-Балъкъэр» телевиденэм жэрдэм ищIу къиIэта Iуэхур КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм диIыгъащ. Къанокъуэ Арсен Интернетым щиIэ твиттер напэкIуэцIымкIэ республикэм щыпсэухэр Абхъазым и утым екIуалIэу «насыпым и Iуащхьэм» папщIэ IэIэтым хэтыну къыхуриджащ. Налшыкдэсхэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэхэм, къалэхэм къикIауэ пэкIум кърихьэлIахэм фIэхъус псалъэкIэ зыхуагъэзащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къуэдзокъуэ Мухьэмэдрэ ВГТРК-м и «Къэбэрдей-Балъкъэр» телевиденэм и Iэтащхьэ Къэзанш Людмилэрэ. «Урысей 10» зэпеуэр Iуэху дахэщ, абы и къалэн нэхъыщхьэр ди къэралым и щIыпIэ нэхъ дахэхэр дамыгъэщIэу къыхегъэхынырщ. Абыхэм я теплъэр, щIыкIэр Москва областым «Урысейм и хадэр» щыщаухуэкIэ къагъэсэбэпынущ. НэхъыфIу къалъытэу нэхъыбэрэ зи цIэ ираIуэу кIэух зэпеуэм хэтыну зыхуагъэфэщахэм Iуащхьэмахуэ яхэтщ», — захуигъэзащ къэзэхуэсахэм Къуэдзокъуэм. ЗэIущIэм и кIуэцIкIэ абы кърихьэлIахэм Iуащхьэмахуэ папщIэ Iэ зэраIэтам и фIыгъэкIэ 41-нэ увыпIэм щыта Iуащхьэмахуэ 39-нэм Iэпхъуащ. СыхьэтитIым къриубыдэу цIыху мин 30-м Iуащхьэмахуэ папщIэ Iэ яIэтащ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, «Урысей 10» зэпеуэм и етIуанэ Iыхьэр фокIадэм и 29 хъуху екIуэкIынущи, ипэрей 30-м Iуащхьэмахуэ хиубыдэн папщIэ, иджыри минищэрэ Iэ тIэтын хуейщ. Хэхыныгъэр проектым и Интернет сайтым зэрыщекIуэкIым къищынэмыщIауэ, телефонкIи смс ебгъэхь мэхъу. Пщыгъуэш Iэсият.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30596.txt" }
ПIалъэм фIагъэкIакъым Новэ-Хьэмидей къуажэм щызэхэт «Джэршышх ИП» мэкъумэш-фермер хозяйствэм и лэжьакIуэхэм мы илъэсыр яхуэIеякъым. Псом хуэмыдэу гъавэ бэв къаритащ, зы гектарым хуэзэу центнер 40-50 къызытраха бжьыхьэсэ гуэдзым. Хэгъуэр кIэрыхуншэу кърахьэлIащ, гъавэм зыхуей хуэзэу елэжьыжынуи хунэсахэщ. Апхуэдэу гъэтIылъыпIэхэм щIагъэзэгъэжащ занщIэу зэкIуэцIапхэжурэ губгъуэм ираша хьэуазэри. Зыхуеину техникэмкIэ нэсу хозяйствэр къызэзыгъэпэща унафэщIхэм я фIыгъэщ Iуэхур тэмэму, пIалъэми фIэмыкIыу зэрызэфIахар. «Джэршышх ИП»-м мы илъэсым хиса «Станичная» гуэдз лIэужьыгъуэм фермерхэр арэзы къищIащ. ШЭРЭДЖ Дисэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30599.txt" }
Нобэ Iэ сэмэгур нэхъ зыгъэшэрыуэхэм я дунейпсо махуэщ 1942 гъэм Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэм фашистхэм я бийуэ пэкIу ирагъэкIуэкIащ. 1961 гъэм ухуэн щIадзащ Берлин тIууэ зыгуэш блыныр. ШыщхьэуIум и 13 -17-хэм Калининград щекIуэкIынущ лъэпкъ щэнхабзэхэм я II дунейпсо фестиваль, «Мамырыгъэм и щIыналъэ-2013» зыфIащар. Мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор, АКъУ-м и профессор, УФ-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ТхьэкIушынэ Нухь къызэралъхурэ илъэси 105-рэ ирокъу. Кубэ революцэм и пашэ, а къэралым и унафэр илъэс 43-кIэ зыIэщIэлъа Кастрэ Фидель и ныбжьыр илъэс 87-рэ ирокъу. КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ, уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Бэгъуэтыж Светланэ къыщалъхуа махуэщ. Химие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, ЩIДАА-м и академик Мэшыкъуэ Нуралий и ныбжьыр илъэс 66-рэ ирокъу. Полицэм и генерал-полковник КIуэкIуэ Юрэ и ныбжьыр илъэс 58-рэ ирокъу. УФ-м, КъБР-м, КъШР-м щIыхь зиIэ я артист, Пуччини и цIэкIэ опернэ уэрэджыIакIуэхэм Милан (Италие) щрагъэкIуэкIа зэпеуэм щытекIуа Ташло Алий и ныбжьыр илъэс 50 ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 24 — 26-рэ, жэщым градус 18 — 19 щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30601.txt" }
КъБР-м и Iэтащхьэм къыхелъхьэ Республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен и жэрдэмкIэ дамыгъэщIэ — «Къэбэрдей-Балъкъэрым ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIыхъужь» цIэр -ягъэувынущ. Ар абы къыщыхилъхьащ жылагъуэм щахуэзам. — Къэралым и Президент Путин Владимир иджыблагъэ къыдихыжа УФ-м ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIыхъужь цIэр хэкумрэ зэрыщыту Урысей лъэпкъыбэмрэ я пащхьэ къыщагъэлъагъуэ гуащIэдэкI нэхъ лъагэ дыдэм хуэфащэ пщIэр къызэралъытэ дамыгъэ нэхъыщхьэщ, — ягу къигъэкIыжащ республикэм и Iэтащхьэм. — «КъБР-м ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIыхъужь» цIэр хуэдгъэфащэ хъунущ промышленнэ, мэкъумэш IэнатIэхэм, транспортым, ухуэныгъэм, щIэныгъэм, щэнхабзэм, егъэджэныгъэм, узыншагъэр хъумэным, нэгъуэщI Iуэхухэми зегъэужьыныр хыхьэу, Къэбэрдей-Балъкъэрым и социально-экономикэ зыузэщIыныгъэм хуэфащэ хэлъхьэныгъэ хуэзыщIа ди цIыхухэм. Республикэм и Iэтащхьэм къыхилъхьам арэзы техъуэу зэуIуу къызэдащта нэужь, Къанокъуэ Арсен езым и Администрацэм пщэрылъ щищIащ КъБР-м и Парламентым щыхэплъэн папщIэ, «Къэбэрдей-Балъкъэрым ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIыхъужь» цIэр къэщтэным теухуауэ зыхуэфащэ законопроект игъэхьэзырыну. Къанокъуэ Арсен къызэрилъытэмкIэ, а дамыгъэр зыхуэфащэ, нэIурытыщэу щымытми, къэмылэнджэжу республикэм и къэкIуэнум хьэлэлу хуэлажьэ цIыху куэд Къэбэрдей-Балъкъэрым иIэщ. А жэрдэмыр жылагъуэм зэрыдиIыгъым и щыхьэтщ пэжу, ерыщу, фIагъышхуэ хэлъу зэфIагъэкI лэжьыгъэм цIыхухэм дежкIэ мыхьэнэ ин зэраIэр. КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30603.txt" }
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен УхуакIуэм и махуэм ирихьэлIэу Зэрызахуигъазэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентымрэ Правительствэмрэ я цIэкIэ икIи си щхьэкIэ ухуакIуэ комплексым и лэжьакIуэхэм си гум къыбгъэдэкIыу сохъуэхъу я гуфIэгъуэмкIэ — УхуакIуэм и махуэмкIэ. Ухуэныгъэ индустриер щытщ лъэпкъ экономикэм мыхьэнэ ин дыдэ зиIэ и IэнатIэхэм ящыщ зыуэ икIи абы къыхэкIыу ухуакIуэхэрщ абы и зыужьыныгъэр зыунэтIыр. Къэбэрдей-Балъкъэрым и ухуакIуэ комплексым сыт щыгъуи щылэжьащ зи IэщIагъэм куууэ хэзыщIыкI цIыхухэр, жылагъуэм пщIэрэ щIыхьрэ зыщыхуащI лэжьакIуэ нэсхэр икIи узэщIакIуэхэр. Абыхэм зэрыгушхуэн яIэщ — республикэм илъэс къэс щыхохъуэ псэупIэу щаухуэхэм, иджырей спорт, социальнэ, щэнхабзэ IуэхущIапIэхэр къыкъуокI, инвестицэ проектышхуэхэр щагъэзащIэ. Мы махуэм фIыщIэ псалъэхэр щхьэхуэу яхуэфащэщ IэнатIэм и ветеранхэм. Фэ фи IэщIагъэм фызэрыхуэпэжым, фи псэемыблэж лэжьыгъэм я фIыгъэкIэ мыхьэнэ ин дыдэ зиIэ псэуалъэхэр, псэупIэ унэхэмрэ школхэмрэ, гъуэгухэмрэ лъэмыжхэмрэ къызэфIагъэуващ. УхуакIуэм я иджырей щIэблэми хэлъхьэныгъэшхуэ хуащI мыхьэнэшхуэ дыдэ зиIэ къэрал къалэнхэр зэфIэгъэкIыным икIи ардыдэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэм я псэукIэр ирагъэфIакIуэ, къэкIуэну махуэм хуаIэ фIэщхъуныгъэр ягъэбыдэ. Республикэм и ухуакIуэ комплексым и лэжьакIуэ псоми сохъуэхъу узыншагъэ, фIыгъуэ яIэну, я лэжьыгъэм ехъулIэныгъэшхуэхэр къыщахьыну.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30606.txt" }
Iэрытх тхылъхэр ягъэхьэзыр «Солнышко» сабий журналымрэ Тхылъыр фIыуэ зылъагъухэм я республикэ зэгухьэныгъэмрэ 2013 гъэм и щэкIуэгъуэм щыщIэдзауэ 2014 гъэм и мэлыжьыхь пщIондэ зэпеуэ ирагъэкIуэкIынущ, Iэрытх тхылъ цIыкIу нэхъыфIхэр къыхэхыным теухуауэ. Зэхьэзэхуэм къызэрагъэпэщащ урыс, адыгэ, балъкъэр тхакIуэ цIэрыIуэхэу Крылов Иван (илъэс 245-рэ), Нэгумэ Шорэ (илъэси 170-рэ), Мечиев Кязим (илъэси 155-рэ) сымэ къыщалъхуам ирихьэлIэу. — Сабийхэм Iэрытх тхылъ цIыкIухэр ягъэхьэзыр, фIыуэ ялъагъу адыгэ, балъкъэр, урыс тхакIуэ цIэрыIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэр иратхэурэ. Я лэжьыгъэхэри сурэт хьэлэмэтхэмкIэ ягъэщIэрэщIэжынущ, — жеIэ журналым и редактор нэхъыщхьэ Накуэ Еленэ. Iуэхур къыхэзылъхьахэм я мурадщ лъэпкъыбзэхэр ныбжьыщIэхэм нэхъ куууэ яджыным гулъытэ хурагъэщIыну. Зэпеуэр щекIуэкIкIэ «Солнышко» журналым и лэжьакIуэхэр, Тхылъыр фIыуэ зылъагъухэм я республикэ зэгухьэныгъэм хэтхэр, щIыналъэм и тхакIуэ, усакIуэ цIэрыIуэхэр зэгъусэу курыт школхэм кIуэну яубзыхуащ, зи анэдэлъхубзэр зыгъэшэрыуэ сабий зэчиифIэхэр зэпеуэм къыхашэн мурадкIэ. Зэпеуэм и хабзэхэм Интернетым мы адресымкIэ (http://solnishkokbr.ru/news.php) зыщывгъэгъуазэ хъунущ. Зэпеуэм къыхэжаныкI ныбжьыщIэхэр Тхылъым и урысейпсо махуэм ирихьэлIэу ягъэпэжэнущ. ТЕКIУЖЬ Заретэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30612.txt" }
Унагъуэ зэгурыIуэхэм я махуэшхуэ Бахъсэн гуэлым и Iуфэм иджыблагъэ щекIуэкIащ джэгур зи лъабжьэ щэнхабзэ зэIущIэ. Къалэ администрацэм и пресс-IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ ТыIэщ Элинэ хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, гуфIэгъуэ зэхыхьэр къызэрагъэпэщащ щIыпIэ администрацэм и IэщIагъэлIхэмрэ «Галактика» щIалэгъуалэ центрымрэ. — «Папэ, мамэ, сэ — зэгурыIуэныгъэ зэрылъ дыунагъуэщ» зыфIэтща а проектым и къалэн нэхъыщхьэр псэукIэ узыншэм и лъабжьэр унагъуэщIэхэм щыдгъэтIылъынырщ, абыхэм къащIэхъуэ щIэблэм ар щапхъэ яхуэтщIынырщ, — жиIащ щIыпIэ администрацэм щэнхабзэмкIэ и къудамэм и унафэщI Бырхьэм Алёнэ. — Спорт-щэнхабзэ зэхьэзэхуэ мардэм иту къызэдгъэпэща зэхыхьэм цIыху куэд зэрыдихьэхыр хуабжьу ди гуапэ мэхъу. Мыгъэрей зэпеуэм хэтащ апхуэдэ унагъуэщIэу блы. Гуэл Iуфэм деж къыщызэрагъэпэща ут цIыкIум ахэр щызэхьэзэхуащ IэкIуэлъакIуагъкIэ, шэрыуагъкIэ, акъылыфIагъкIэ, уеблэмэ уэрэд жыIэнкIэ, къэфэнкIэ. Адэ-анэхэмрэ абыхэм я бынхэмрэ къапэщылъ къалэнхэр хьэлэмэту зэрызэхэгъэувам къыдэкIуэу, икIи гугъут, икIи Iыхьэ куэду зэхэлът. Апхуэдэу щытми, зэхьэзэхуэр купщIафIэу, гъэщIэгъуэну екIуэкIащ, унагъуэхэм исхэм яку илъ зэгурыIуэныгъэр, зэхущытыкIэ гуапэр нэрылъагъу дыдэу. Джэгу-зэпеуэм хэтахэу Къумыкъухэ, Бещтохэ, Мэшыкъуэхэ, Къущхьэхэ, Иуанхэ, ПщыукIхэ, Доткъулхэ я унагъуэхэм я нэхъыжьхэм куей администрацэм къыбгъэдэкI фIыщIэ тхылъхэр, фэеплъ саугъэтхэр иратащ. Сабий нэхъ цIыкIуIуэхэмрэ зэпеуэр зэрекIуэкIым кIэлъыплъа адрей ныбжьыщIэхэмрэ IэфIыкIэкIэ, псыIэфIкIэ ягъэгуфIащ. ТАМБИЙ Линэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30614.txt" }
Хьэтыхъу Аслъэн нэхъ лъэщ дыдэщ Сочэ самбэмкIэ щекIуэкIа япэ дунейпсо кубокым текIуэныгъэ къыщихьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым икIа Хьэтыхъу Аслъэн. Зэхьэзэхуэм хэтащ Урысей Федерацэмрэ КъуэкIыпIэ Гъунэгъумрэ я бэнакIуэхэр. «Аллигатор» спорт клубым и гъэсэн Хьэтыхъу Аслъэн илъэсиплI хъуауэ самбэм зыхуегъасэ. Сочэ ар япэу щыхэтащ килограмм 74-рэ зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм. Дунейпсо кубокыр къызыIэрыхьа ди щIалэм а спорт лIэужьыгъуэмкIэ мастерым и мардэхэр игъэзэщIащ, апхуэдэуи «Техникэ нэхъыфI къызэригъэлъэгъуам папщIэ» саугъэтыр къыщыхуагъэфэщащ. Иджы ди спортсменым зыхуегъэхьэзыр Анапэ хабзэншэ бэнэкIэмкIэ щекIуэкIыну дунейпсо зэхьэзэхуэм. Абыи текIуэныгъэ щызыIэригъэхьэну и мурадщ Аслъэн. Гъэунэ Светланэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30616.txt" }
Иужьрей дакъикъэхэм хуэдэу джэгуатэмэ… «Спартак-Налшык» (Налшык) — «Балтика» (Калининград) — 1:1 (0:1). Налшык. «Спартак» стадион. ШыщхьэуIум и 12-м. ЦIыху 1200-рэ еплъащ. Судьяхэр: Низовцев (Новгород Ищхъэрэ), Ша- керханов (Дербент), Болотенков (Мэзкуу). «Спартак-Налшык»: Цыган, Абазэ (Засеев, 36). Овсиенкэ, Суслов, Гарбуз, Коронов, Сирадзе (Гуэщокъуэ, 64), Руа, Щэуей, Аверьянов (Буйтрагэ, 41), Медведев (ЛIуп, 78). «Балтика»: Шелие, Зимулькэ, Халиуллин (Плопэ, 51), Васильев, Рытов, Стоцкий, Гацко (Каленкович, 67), Чиркин, Сысуев (Курбанов, 69), Сальников (Крючков, 71), Вотинов. Топхэр дагъэкIащ: Сальниковым, 16 (0:1). Буйтрагэ, 81 (1:1). Дагъуэ къыхуащIащ Гацко, Руа, Овсиенкэ. ЗэIущIэм и иужьрей дакъикъэхэм ди щIалэхэр ерыщу йобгъэрыкIуэ. «Спартак-Налшыкымрэ» «Балтика»-мрэ я зэIущIэм щIидзэным дакъикъитху иIэжу арат, ауэ стадионым къекIуэлIа цIыхухэр зырызурэ пхуэбжынут. Билетхэм я уасэр тумэнипщI фIэкIа мыхъуми, джэгур телевиденэмкIэ къимыгъэлъагъуэми топджэгум дихьэххэр ди командэм кIэлъыплъыну хуэмеиж хъуащ. Щхьэусыгъуэр, дауи, зэхьэзэхуэм къыщигъэлъагъуэ зэфIэкIырщ. Куэдым яфIэхьэлэмэтыжкъым я зэмани мылъкуи трагъэкIуэдауэ икIи губжьауэ стадионым икIыжыну. Ауэ щыIэщ апхуэдэ щытыкIэм къимыгъэдзыхэхэри — абыхэм быдэу я фIэщ мэхъу гува-щIэхами «Спартак-Налшыкым» зыкъызэриужьыжынур. АбыкIэ лъэбакъуэфIхэр яч хуэдэщ. Зи гугъу сщIыр ди щIыпIэм къыщалъхуа щIалэщIэхэр иужьрей зэIущIэхэм нэхъ кърагъэхьэ зэрыхъуарщ. ИкIи ахэращ жыджэрагъ яхэлъу нэхъ зыкъэзыгъэлъагъуэр. «Балтика»-м драгъэкIуэкIа джэгугъуэри абы и щыхьэтщ. Гъуэгуанэ жыжьэ зэпызыча командэхэм («Спартак-Налшыкыр» Красноярск къикIыжащ, «Балтика»-р Калининград къилъэтыкIащ) зэIущIэр хьэлъэ-хьэлъэу къыщIадзащ. Ахэр хуэм дыдэурэ джэгум хыхьэрт, езыр-езырурэ къыщызэщIэплъэнум зыхуагъэхьэзыру. Нэрылъагъут лъэныкъуитIри зэкIэ зэрымыпIащIэр. Апхуэдэ зэпIэзэрытыныгъэр дакъикъэ пщыкIутху нэхъ дэмыкIауэ къызэпыудащ. ХьэщIэхэр хуэмей-хуэмейурэ щебгъэрыкIуэм топыр ди штрафноймкIэ къыхатащ. Ди гъуащхьэтетымрэ гъуащхьэхъумитIымрэ зыри зэран къахуэмыхъуу ар зыIэрагъэхьэфынут. АрщхьэкIэ ахэр зэгурыIуакъым икIи абыхэм ящыщ зым щхьэкIэ къыIуидза топым япэу нэса, зэгуэрым ди деж щыджэгуа, «Балтика-м и гъуащхьауэ Сальниковыр и къару къызэрихькIэ еуэри, ар гъуэм и плIанэпэ дыдэм дигъэкIащ. ЛIуп Ислъам (№27) «Спартак-Налшыкым» и къэкIуэнур зэлъытахэм ящыщщ. Апхуэдэу зэрымыщIэкIэ бжыгъэр къызэIуха зэрыхъуам, аргуэрыжьти, ди щIалэхэм я лъэр щIигъэхуащ. Абыхэм иджы зыри къайхъулIэжыххэртэкъым. Шынагъуэ щыIэт зи гукъыдэжыр къэIэта хъуа калининграддэсхэр абдежми къыщызэтемыувыIэну. Ар щилъагъум, «Спартак-Налшыкым» и тренер нэхъыщхьэ Шыпш Тимур зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэр джэгум хилъхьащ. Загъэпсэхуну къыщикIынум пэмыплъэу абы Абазэмрэ Аверьяновымрэ ихъуэжащ. АрщхьэкIэ къихьагъащIэ Засеевымрэ Буйтрагэрэ зэкIэ тепщэныгъэр налшыкдэсхэм къыхуахьакъым. Ар къащехъулIар нэхъ иужьыIуэкIэщ — Гуэщокъуэ Арсенрэ ЛIуп Ислъамрэ къащыкъуэуварщ. Пэжщ, абы ипэкIэ Медведевым метр зытхухкIэ пэмыжыжьэу топыр гъуэм хуигъэзэфакъым. КъыкIэлъыкIуэу Руа лъэщу зэуам «Балти- ка»-м и гъуащхьэтетым къригъэгъэзащ. А IэмалитIым языхэзыр къагъэсэбэпатэмэ, налшыкдэсхэр текIуэныгъэм щыгугъыфынут. Ди командэм щрагъэкIуэкIа зэхъуэкIыныгъэхэм мыгувэу джэгум и екIуэкIыкIэри ихъуэжащ. ЗэIущIэм и кIэухым ирихьэлIэу «Спартак-Налшыкым» тепщэныгъэр зыIэщIилъхьэпащ. АбыкIэ хуабжьу сэбэп хъуащ къихьагъащIэхэр. Иджыри къэс зи щхьэзакъуэ жыджэрагъкIэ хьэрхуэрэгъухэм япэщIэта Щэуей Алихъан къыкъуэуващ Засеевыр, Гуэщокъуэр, Буйтрагэ, ЛIупыр. КъэщIэрэщIэжащ Короноври. Ахэр къару лъэщт. 81-нэ дакъикъэм налшыкдэсхэм я насып икIэм-икIэжым къикIащ. Буйтрагэ Даниель хьэщIэхэм я гъуащхьэтетым къыпекIуэкIыу зэуа топым бжыгъэр зэхуэдэ ищIыжащ. Къэнэжар Iуэхур икIэм нэгъэсынырт. Абы папщIэ иджыри дакъикъипщI щыIэт. Судьям иужькIэ аргуэру дакъи- къитху къыщIигъуащ. ТекIуэныгъэр къахуэзыхьыр топ дагъэкIын папщIэ ди щIалэхэм ялъэкI къагъэнакъым. Псом хуэмыдэу гугъу зрагъэхьырт Гуэщокъуэмрэ ЛIупымрэ. Ахэр мызэ-мытIэу гъуащхьэхъумэхэм Iэзэу яIэщIэкIащ, арщхьэкIэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, топыр гъуэм яхудэгъэкIакъым. Арати, зэрытемыгъэкIуауэ, 1:1-уэ, «Спартак-Налшыкымрэ» «Балтика»-мрэ я зэIущIэр иухащ. ХьэщIэхэр абы арэзы къызэрищIам шэч хэлъкъым. Ардыдэр пхужыIэнукъым ди командэм щхьэкIэ — ар зэрытемыкIуэфрэ мазэ ирикъуащ икIи турнир таблицэм и кIэух увыпIэхэм нэс ещэтэхащ. Абы щыгъуэми ди гъунэгъу осетинхэм зыкъаIэтыж: «Алания»-р Белгород щыIэу щIыпIэ «Салют»-м ефIэкIри, ещанэ увыпIэм кIуащ. «Ангушт»-р есэжауэ къыхагъэщIащ. Иджы абы къытекIуащ турнир таблицэм щигъунэгъуа Мэзкуу и «Торпедо»-р. Я очко бжыгъэхэм щырыщ хагъэхъуауэ бжьыпэр зэдаIыгъщ «Арсенал»-мрэ «Мордовия»-мрэ. Япэу мы зэхьэзэхуэм къыщыхагъэщIащ Дзержинск и «Химик»-р. Иджыри къэс абы топитI фIэкIа къыхудамыгъэкIауэ щытамэ, Саранск а бжыгъэм хуэдитIкIэ щыщIрагъэгъуащ. АдэкIэ щыгъуазэ фыхуэтщIынщ япэ дивизионым хэт командэхэр иужьу зэрызэдэджэгуам кърикIуа бжыгъэхэм: «Мордовия» (Саранск) — «Химик» (Дзержинск) — 4:0, «Сибирь» (Новосибирск) — «Газовик» (Оренбург) — 1:1, «Динамо» (Санкт-Петербург) — «Шинник» (Ярославль) — 0:0, «Енисей» (Красноярск) — «СКА-Энергия» (Хабаровск) — 0:1, «Салют» (Белгород) — «Алания» (Владикавказ) — 0:1, «Арсенал» (Тулэ) — «Уфа» (Уфа) — 1:0, «Торпедо» (Мэзкуу) — «Ангушт» (Нэзрэн) — 4:2, «Ротор» (Волгоград) — «Нефтехимик» (Нижнекамск) — 0:0. «Спартак-Налшыкым» зи чэзу джэгугъуэр шыщхьэуIум и 18-м Хабаровск къалэм щригъэкIуэкIынущ. А махуэм ди щIалэхэр «СКА-Энергия»-м япэщIэтынущ. Жыласэ Заурбэч.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30618.txt" }
ЩIалэфIу ущытыну умыщхьэх «Лъэпкъыбзэхэр адэ-анэхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ я гукъыдэж къудейкIэ хъума хъунукъым, къэралым унафэ пыухыкIакIэ зыкъыщIимыгъакъуэу», — арат и гупсысэ нэхъыщхьэр БизнесымкIэ институтым иджыблагъэ щекIуэкIа стIол хъурейм. Республикэм щызэхуэмыхъу Iуэху куэд утыку къыщралъхьэ еджапIэм и ректор, профессор Хъурей Феликс и махуэ лъапIэр ди щхьэусыгъуэу псори зытегузэвыхь анэдэлъхубзэмрэ къинэмыщIхэмрэ ятеухуауэ дыдэуэршэрыну дыщыкIуэм, сыхьэтыфIым дыхуишащ. Китаибзэм нэхърэ нэхъ гугъу? Хъурей Феликс — Хъыбар хьэлэмэт гуэр кърахьэкI: Мэлбахъуэ Тимборэ деж щIэупщIакIуэ укIуа хуэдэти, «Феликс, адыгэбзэ пщIэрэ? КхъыIэ, дызэгъэпсалъэ» къыбжиIауэ? — Мэлбахъуэм гукъыдэж щиIэмрэ щимыIэмрэ къэщIэгъуейт. Нэхъыбэм нэгу зэхэуфат, шхыдэрт. Ауэ зэм-зэм нэжэгужэу ущыхуэзи къэхъурт. Среджэри къызжеIэ (урысыбзэкIэ): «Зэи адыгэбзэкIэ упсалъэу зэхэсхакъым, пщIэрэ ар?» Сэри сыхьэзырыххэти: «Уей, Тимборэ Кубатиевич, сыщыпсэлъэнрэ сызэпсэлъэнрэ сымыгъуэтыж», — жызоIэ. Игу къеуэу арат. «Сэри лэжьапIэм сыкъокIуэри зыри адыгэбзэкIэ къыщызэпсалъэркъым, унэм сокIуэжри (и щхьэгъусэр урыст) — пихыжауэ сызэпсэлъэн щIэскъым. Мазэм зэ къуажэм, колхоз гуэрым сыкIуэмэ, сыпсалъэу аращ адыгэбзэкIэ», — жи. «Аращ, — изотыж жэуап, — дэри унагъуэм, благъэм, ныбжьэгъум депсалъэ фIэкIа, нэгъуэщI щIыпIэ псэлъапIэ къыщытхуихуэркъым». Сэ сыщеджа классым, еплIанэ школым, си закъуэт адыгэу щIэсыр, апхуэдизкIэ мащIэт Налшык ди лъэпкъэгъуу абы щыгъуэ дэсри. Иджы къалэм адыгэхэр нэхъыбэ дыщыхъуами, гукъеуэр нэхъ ин мэхъу. Адыгэбзэри балъкъэрыбзэри кърадзэжыркъым, арат ди стIол хъурейр зытеухуар. Бзэм куэдрэ дытопсэлъыхь, ауэ мыхьэнэ къикIыу зыри тщIэркъым. Школым мащIэщ адыгэбзэм сыхьэт бжыгъэу къыщылъысыр, къэралыбзэхэм ящыщщ жыпIэнущи, анэдэлъхубзэхэмкIэ тхылъымпIэ зекIуэркъым. Ахэр къэралыбзэр пэжмэ, лэжьэну гъуэгу яIэн хуейщ къэрал унафэр и лъабжьэу, аращ дызытепсэлъыхьар. Япэм пэщIэдзэ классхэр илъэсиплIкIэ адыгэбзэкIэ ирагъаджэрти, итIанэ урысыбзэм техьэжырт. Ари тыншу жыпIэфынукъым, ауэ ар нэхъыфIт. Яджырт, зыгуэр ящIэрт, адыгэбзэмрэ предметхэмрэ зэгъунэгъу хъурт, зэхыхьэрт. Иджы зыри яджыжыркъым, еджэнуи хуейхэкъым. Дэ адыгэбзи балъкъэрыбзи щыдогъэдж институтым. Абыхэм нэмыщI иджыри бзитху: инджылызыбзэ, франджыбзэ, нэмыцэбзэ, хьэрыпыбзэ, тыркубзэ. Бзэхэр зэпэщIэбгъэувэ хъунукъым, мыр нэхъыфIщ, модрейр нэхъ Iейщ жыпIэу, иджыпсту дунейпсо цIыхур зэхохьэ, зэрогъэIущ, пхузэфIэкIым хуэдиз зэбгъэщIэн хуейщ. Адыгэбзэр гугъущ жаIэ. Тыншу щытамэ, яджынут. «Зэ, догуэ, — жызоIэ, — китаибзэм нэхърэ нэхъ гугъу?» Иероглиф минхэр зрагъащIэурэ ядж ар бзэмыIухэм. Дэ щхьэ тхузэфIэмыкIрэ ди бзэр зэдгъэщIэжыну? Феликс Автандилу зэрыщытар Мы хъыбарыр Руставели цIэр зезыхьэм сфIэгунэсу Дыщэ уагъэу зэIузощэ — зэхызолъхьэ уэрэд-усэу. Руставели Шота (ЗэзыдзэкIар Тхьэгъэзит Зуберщ) 1783 гъэм Урысеймрэ Куржым и Къартлы-Кахетий пащтыхьыгъуэмрэ Гумкъалэ щызэращIылIа зэгурыIуэныгъэр «Георгиевский пакт» цIэмкIэ тхыдэм къыхэнащ. Урысхэмрэ куржыхэмрэ зэхуэзэным хэлIыфIыхьа Къэбэрдей пщы уэлий Жанхъуэт Кушыку шууей тIощIрэ пщIырэ и гъусэу а гъэ дыдэм куржы пащтыхь Ираклий ЕтIуанэм щригъэблагъэм, тыгъэу адыгэш хуздашат. — Куржым ирагъэблэгъа адыгэ шууейхэм я нэхъыбэр Жанхъуэт Ку-шыку зыдэс Псыгуэнсу къуажэрат зыщыщыр. Ауэ гупым я нэхъыжьыр Арщыдан щыщ ФIыцэ Астемырт. А зэманым атэлыкъ гъэсэныгъэр иджыри зекIуэрти, адыгэхэр къыщежьэжым илъэситхум ит щIалэ цIыкIу къратащ. ЯпэщIыкIэ щIалэ цIыкIур Астемыр Арщыдан здишащ, иужькIэ Жанхъуэт Кушыку деж кIуэри елъэIуащ: «Уи къуажэм си къуэш нэхъыщIэ быныншэу дэсщ, хуит сыкъэпщIмэ, щIалэр абы естынт». Пщы уэлийр арэзы хъури, къуажэдэсхэр «Хъурей» цIэмкIэ къеджэу щIалэ цIыкIур балигъ хъуащ, щIэблэ къыщIэхъуащ, ауэ унэцIэу зэрихьэр «Щэбэтыкъуэт», щыкъум къабгъэдихауэ. Мэчэм щыIауэ «Щэбэтыкъуэ хьэжыжь» жаIэри Псыгуэнсу дэсащ, ди дадэм и адэт ар. 1922 гъэ пщIондэ Щэбэтыкъуэу дыкъекIуэкIащ. Ди адэр ЩоджэнцIыкIу Алий и гъусэу Дым Iэдэм и еджапIэм щIэсахэм ящыщщ. 1926 гъэм ЦIагъуэ Нурий и гъусэу математикэмкIэ тхылъ къыдигъэкIауэ щытащ, 1936 гъэм — дунейхэгъуазэмкIэ. Iуэху ищIри Куржым кIуат щIалэ цIыкIур зыщыщ-къызыхэкIар къигъуэтыжыну. КъыщемыхъулIэм, лъэпкъыр, нэгъуэщI мыхъуми, къыщежьам и цIэм трыретыж жиIэри «Хъурейм» къытехъукIахэм а цIэр унэцIэу къащтэжащ. Куржым къызэрыхэкIар тхыдэм къыхинэн мурадкIэ, Хъурей Ахьмэд и къуэм «Къаплъэныфэ зыщыгъ зекIуэлIым» и лIыхъужь Автандил и цIэр къыфIищыгъат, арщхьэкIэ ар зэрыт щыхьэт тхылъыр Феликс и IэкIэ ебланэ классым щIэсу зэфIитхъыжащ. Иджы мэгушыIэ: «Уи цIэм уIэщIэкIынукъым, «автоделом» (машинэ Iуэхухэм) нэIуасэ сыщIыхуэхъуар Автандилым и фIыгъэ къыщIэкIынщ». Зыгуэрым дэплъеиныр хьэл тхуэхъуакъым иджыри «Демократиер ди щхьэщыгум щыIэта шэрыб нэщIщ. Абы ди нэр тедияуэ деплъыху, зыгуэрым ди жыпхэр къеунэщI». Шоу Бернард — Иджыпсту дызэрыт лъэхъэнэм сыт зэреджэр? Мылъку зыIэщIэлъ цIыху зыбжанэм (олигарххэм) яухуа капитализм. А цIыху зыбжанэм къэралым и мылъкум щыщу процент 65-рэ яIэщIэлъщ. Абы къикIыр а процент 65-р къэралым и унафэм щIэмыту зекIуэу аращ. Зригъэужьыркъым, елэжьыркъым, къыфIэIуэхукъым. Мо цIыху зыбжанэм ягу къызэрихьэу псори йокIуэкI: зым топджэгухэр къещэху, адрейм — кхъухьхэр. ЦIыхур зыхэпсэукIыну зыщыгугъ къудамэ нэхъ инхэр абыхэм яIэщIэлъщ, я щхьэ IуэхукIэ къагъэсэбэпу. Ахэращ тщIэнури дымыщIэнури къыджезыIэр, хъанхэм драIуэхутхьэбзащIэу аращ. Уеблэмэ ахъшэр пуд щыхъуам къэралыр зытегузэвыхьар яшхын ямыIэу къэна цIыхухэракъым, мелардым и Iыхьэ тIощI гуэркIэ «хилъэфахэрат». Хэт егупсысыр лэжьапIэ зэрыщымыIэм? ЩIэныгъэ ягъуэтын зэрыхуейм? ЩIалэгъуалэр зэхуашэс, яутIыпщыж. Я къэухьым зригъэужьыну дзыхь зыхуэпщI хъун программэ щыIэ зэманым декIуу? Хьэмэ щэнхабзэмкIэ жыжьэ дыкIуэта? Дэнэ щыIэ «Бжьамийр»? Уи лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэхэр, и Iэмэпсымэхэр щымыIэжмэ, сыт узэлэжьыр, щэнхабзэ фIэпщауэ? Щэбэт-тхьэмахуэ щIыхьэхукIэ зехьа хъунукъым республикэр. ИлъэсищкIэ Налшык къалэм и Iэтащхьэу сылэжьащ. Ди зэманращ Iэдииху, Мир хуэдэ жылагъуэхэр къыщыунэхуар, ШанхайкIэ зэджэ псэупIэншагъэм и щапхъэр щыкIуэдыжар. Унагъуи 167-рэ щIэст баракхэм. СыхьэтитIкIэ екIуэкIыу фильм тетхащ я унэкIуэцIхэм дыщIыхьэурэ. СфIэнапэтехт уи щIыбкIэ апхуэдэ тхьэмыщкIагъэ щызекIуэу, утыкум пщIэ зыхуебгъэщIу уитыныр. Дызэхуэсри, еплъын щIэддзащ фильмым. Дакъикъэ тIощI дэкIри щIэсхэм макъкIэ гъын щIадзащ. ИтIанэ дызэупщIыжащ: хэт мыпхуэдэ гъащIэ зыухуар? Дзэ къыттеуа хьэмэрэ зауэ екIуэкIа? Дэращ мыр зи псэукIэр. Гупсысэ зиIэр жыжьэ маплъэ, къэхъункIи хъунум зыхуегъэхьэзыр. Дэ нобэр къыздэсым зымышхыжыным и мэкъумэшщIэкIэщ ди лэжьэкIэр. Японием укIуэмэ, къалэ къэс Узыншагъэм и сэрей дэтщ. УщIыхьэмэ, зымкIэ мэзщ, адреймкIэ псыкъелъэщ, псыежэхщ. Узыншэм и тIасхъапIэхэм уелIэлIэныр нэхъ тыншщ, сымаджэр бгъэхъужын нэхърэ. Дэ ди псы хущхъуэ къыщIэжыпIэхэр щытщ, IэмэпсымэщIэ нэхъ хуэмычэму. Ауэ Iэмэпсымэракъым нэхъапэр, Iуэху бгъэдыхьэкIэращ. Къажыхь, зыкъагъэлъагъуэ, лэжьакIуэ макIуэ, къокIуэж. Дэ зыгуэрым дэплъеиныр хьэл тхуэхъуакъым иджыри. А Тэтэрстан дыдэм еплъ, Мордовием. Унафэ зыIэщIэлъым и лэжьыгъэр кIэлъыплъын закъуэм хуигъэкIуащ. УнафэщIыр дэIэпыкъуэгъу, гъэсакIуэ хъуфу щытын хуейщ, ар диIэкъым. — Елисеевыр къэ-кIуа нэужь, сыт къалэ унафэщIу улэжьэн щIумыдэжар? — Иджыпсту ар бубкIэ псапэ пылъкъым, ауэ Iуэхум хэзымыщIыкIым и унафэ ущIэтыну гугъущ. Сриджэти, «Сыт пщIэр?» жиIэт. «Хьэкухэм долэжь, щIымахуэр къос. Уэшх къешхмэ, псыр гъуэгум щызэтримыхьэным и Iуэху зыдохуэ». «Аракъым иджыпсту зи чэзур! Къалэ къыдэлъэдапIэм елIалIэ!» ГъэщIэрэщIэн, гъэлъэгъуэн, зыкъыхэгъэщын — ахэрат къыфIэIуэхур. Щэнхабзэми, мэкъумэшми, цIыхухэр зыхуей хуэгъэзэн зэрыхуейми хищIыкIыртэкъым. Апхуэдэ цIыху унафэщIу республикэм къебгъэблагъэу дауэ узэрыдэлэжьэнур? ИтIанэ зыр зым фIигъэнэжырт, арат и Iулыджыр зэриIыгъыр. Мыпхуэдэм фэтэр ет жиIэнт, чэзум хэмытыххэ гуэрым щхьэкIэ. Сэ хабзэм себэкъуэнукъым щыжысIэм, къалэм и район Iэтащхьэхэм ятрикъузэрт, ахэр къыщызэупщIкIэ: «Пщэдей фытезгъэкIынщ, зы сатыркIэ хабзэм фебакъуи», — яжесIэжырт. ИкIэм-икIэжым «Сыбдэлэжьэфынукъым» жысIэри, си щхьэр Iусхащ. КъэхъункIи хъуным ухуэхьэзыру Философие щIэныгъэхэм я доктор Хъурей Феликс и япэ IэщIагъэмкIэ «инженер-механикщ». Ар зи унафэщIу щыта «Къэббалъкъавтотранс» IуэхущIапIэм зы къэралыгъуэ цIыкIу хуэдизу зиубгъуат, цIыху минипщIым нэс щылажьэу, я нэIэ зытет къудамэхэр 39-м нэсу. Езым я еджапIэхэр, поликлиникэхэр, джэдкъаз гъэхъупIэ, мэл щибгъу, еджапIэ курытхэр, нэхъыщхьэхэр, къинэмыщIхэр яIэжу. 1991 гъэм Хъурейм и жэрдэмкIэ яухуа «Авторскэ университетым» гуэту къызэIуахащ «Насып» сабий IыгъыпIэ, «Щэнхабзэм и щIэин», ГъуазджэмкIэ еджапIэ, «Лэгъупыкъу» гимназие, политехническэ лицей. — ЩIэ гуэр къыхэтлъхьэху, бэлыхь дыхэхуэрт. Япэ дыдэу «Узыншагъэм и центр» къыщызэIутхам си улахуэр яубыдащ. «А къебгъэжьахэм зыри хуэныкъуэкъым, ахъшэр зытебгъэкIуэдэн хуейм тебгъэкIуадэркъым», — къызжаIэ. ЕтIуанэ секретару а зэманым обкомым щыIэр Симанкин Николайт. Къеблэгъэну селъэIуащ. Сошэри изогъэлъагъу: спорт Iэмэпсымэхэр, цIыхур лэжьапIэм щыщIыхьэкIэ е къыщыщIэкIыжкIэ и Iэпкълъэпкъыр нэхъ псынщIэ зэрищIынухэр, абы и узыншагъэм кIэлъыплъыну дохутырхэр, массаж щIыпIэ, зигу къыдэмыжхэм щеIэзэну пэш щхьэхуэхэр, къинэмыщIхэр. АфIэкIа хэмылъу телефоным бгъэдыхьэри, игъащIэм зэхэзмыха псалъэ жагъуэхэр трикъутащ «Стройбанк» къыдэтхьэкъуам: «Мыр дыгъуэу хьэмэ и щхьэм щхьэкIэ унэ ищIу къэбубыда? Дэнэ уэ езыр укъыздикIар? Сыбырым. НтIэ, лей зепхьэну укъэтшакъым мыбы, умылэжьэфмэ, кIуэж». Къэхъуар зэзыгъэзэхуэжракъым лэжьэкIэ зыщIэр, къэхъункIи хъуным хуэхьэзырырщ. Аращ и купщIэ нэхъыщхьэу щы- тар ди лэжьэкIэм. Гъэ еджэгъуэм щIидзэжмэ, абы теухуауэ институтым предметыщIэ сыкъыщеджэнущ. Дэри ды-Арысейщ — Уи щхьэ пщIэ хуэпщIыжын хуейщ, пщIэ къыпхуащIын папщIэ. Пагагъкъым, щхьэхуещагъкъым, цIыхуу узэрыщытым и нэщэнэ пщIэ. Уи бзэр умыджыжмэ, уи лъэпкъ щэнхабзэр къыпфIэмыIуэхумэ, уи щхьэм пщIэ хуумыщIыжу аращ. Ухэт уэ? Сыт Рязань къалэдэсым укъызэрыщхьэщыкIыр? Аращ и лъабжьэу щытыпхъэр къэралыгъуэмрэ лъэпкъ щхьэхуэмрэ я зэхущытыкIэм. Адрейхэм ящIэри ядэщIэ, уакъызэрыщхьэщыкIри зыщумыгъэгъупщэ. Дэ езым зыдогъэикIэ, хэт дыкъызэфIэIуэхунур? Лъэпкъ Iуэхур нобэ уигу зэрыдыхьэу мыхъуми, хуэмурэ бгъэкIуэтэн хуейщ. Мес, Сирием щыщхэр псори къэкIуэжыфыркъым. Зыр хуейкъым, адрейм хузэфIэкIыркъым. Ауэ еджакIуэ къэкIуар Хэкум къиднэфу, ахэр мыбы щылэжьэным ди къэралым и фейдэ зэрыхэлъыр къэдгъэлъагъуэу щытын хуейщ. Ахэр дэ зыгуэркIэ дэмыщхьынкIи хъунщ зэ IуплъэгъуэкIэ, ауэ ди лъабжьэр зыщи, дызэрыубыдыжынущ гува-щIэхами. Къэралыгъуэм цIыхур щыхощI, ахэр къэкIуэжмэ, IэнатIэ пыухыкIа пэрытмэ, зэрынэхъыфIыр гурыIуэгъуэщ. Дэ нэхъыфIу дыпсэумэ, хэт хилъафэр, дэри ды-Арысейщ, адыгэми жиIауэ. Къуаргъ хужьхэр — Иджыпсту пщIэ зыхуэфащэу ябж цIыхур къызэрызыфIагъэщIым зихъуэжащ. — Мыбдежым куэд щызэхэлъщ. Иджырей цIыхухэм мыхьэнэ зратыр нэгъуэщIщ. Мылъкум и пщIэм хэхъуащ. Тхылъ еджэжхэркъым, абы зыгуэр къигъэлъагъуэркъэ? Зи акъылым зезыгъэужьыну хуейр мащIэщ. Тхылъ къыдагъэкIхэр здэщыIэр къэгъуэт: узэджэнIа «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм и тыкуэнращ щыбгъуэтынури, ари къуэгъэнапIэм къуэтщи, зыми илъагъуркъым. Утыку ит тхылъ тыкуэнышхуэм щIыхьи — детективрэ романрэщ. Тхылъ кърахьэкI, ауэ еджэркъым. Зэманым декIу цIыхуу ябжыр нэхъ пхъашэхэрщ, нэхъ нэпсейхэращ. Сыт тхуримыкъур? ЩIэныгъэм хуэпабгъэхэрщ, щIэ гуэр къищIэным хуэнэпсейхэрщ. ПцIыупсхэр, хьэрымышххэр нэхъыбэу къытхэт хъуащ. Дэ тхуэдэ цIыхухэр сабий жыIэзыфIэщу къащохъу. КъызэрыгуэкI цIыху пэжыр къуаргъ хужьым хуэдэу гъуэтыгъуейщ, а къэбгъуэтари «псэуакIуэхэм» къахопIиикI. ЦIыхур иузэщIыну, ар пэжымкIэ иунэтIыну щыIэ диныр дауэдапщэхэмрэ политикэмрэ хуэдгъэкIуащ. ЩэныфIагъым хуэущиин, фIым егъэхъуэпсэн, хьэл мыгъуэхэр зэхегъэнын — аращ диным и къалэныр. Къэпщытэныгъэхэр екIуэкIыу зыгуэрым соупщI: сыт хуэдэ Iуэху республикэм щызэхуэмыхъуу пщIэр? Жэуап къызет: муслъымэн зауэ йокIуэкI. Сыт муслъымэн зауэ? Узыхуэзэу узэпсалъэкIэ сыт хуэдэ Iуэху пхузэхэмыгъэкIынур? Iуэху мыхъумыщIэ зезыхьэхэм я щхьэм илъыр дауэ зэрыпхъуэжынур, уэ захуагъэу къыубжыр ябгъэдэплъхьэну Iэмал уимыIэу? Ди щыуагъэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ нэгъуэщIым и Iуэху еплъыкIэр зыгурыдгъэIуэну дызэрыхэмытыр. Псалъэм папщIэ, сыт ПащIэ Муртаз апхуэдизу зэхищIыхьар, эфирым къибгъэхьэж мыхъуну? Илъэс щэщIкIэ дедэIуащ, блыщхьэм щегъэжьауэ дзыхь хуэтщIыжыркъым. Уигу иримыхьу сощI жиIэри, а нэгъуэщI зыгуэрри щрыреIэ, уэ узэрынэхъыфIыр ялъагъунщ. Дэпкъузар нэхъ гъэщIэгъуэн къащохъури аращ гъуэгу пхэнж тетым цIыхур щIыдихьэхыфыр. Щэнхабзэ зыхэлъ цIыхубэм езым я еплъыкIэм къытемыхуэр IуагъэкIуэту аракъым, я щыуагъэхэр абы жиIэхэмкIэ къагъуэтыжыф. Гъэпсалъэ, ар уимыакъылэгъуми. Унафэ къызыIэрыхьам жраIэ хабзэщ: умыбэлэрыгъ, уи зэманыр иухмэ, укъыщехыжкIэ зызыщIэбгъэкъуэн ухуеижынущ. Хэт цIыхум и гурыщIэхэр зыджыр нобэ? Дэ зыхэтщIэращ ди хъуреягъкIэ къэхъур зэлъытар, зыхэтщIэхэр къэдмыхутэу дауэ дызэрызэзэгъы- нур? Нанэ и куэщIым Хъурейм и IуэхущIафэ дахэхэри, и ехъулIэныгъэхэри, республикэм жыджэру щылажьэ и бынхэри псоми яцIыху. Ауэ хъугъуэфIыгъуэхэм я нэхъ лъапIэу Феликс ихъумэр (е къэзыхъумэр) зэи къэмытIасхъэ щIыбагъыу и унэ щIэс бзылъхугъэ телъыджэрщ. — Езыр-езыру къыдэпхьэха хьэмэ къуагъэша? — Апхуэдэ IуэхукIэ зыгуэрым сеупщI си хьэлтэкъым. И дэлъхум сэрэ дызэдеджэрт, Мэзкуу нэкIуауэ сигъэцIыхуат. Налшык сыкъыщыкIуэжам езыр Бахъсэн сымаджэщым щылажьэрти, сыкIуэурэ къэсшэжырт лэжьапIэ нэужьым. Зэгуэрым сыкIуэри згъуэтакъым, етIуанэ гуэрми апхуэдэу. Уэрамым тет телефоным сыбгъэдыхьэри сепсэлъащ: «Мыпхуэдэу куэдрэ къыпкIэлъызжыхьыфынукъым, иIэ, къыздэкIуэ». «Содэ», — жиIащ. Си нанэшхуэ дежт зэтшэлIар. ДызэрыщIыхьэу: «КъакIуэт, дахэ, си куэщIым къитIысхьэт», — къыжреIэ. «Нанэ, уи лъакъуэр икъутэнущ абы, иумыгъэтIысхьэ», — жызоIэ. АрщхьэкIэ уемыдаIуэу хъунутэкъыми, ирегъэтIысхьэ и куэщIым, езыр шэнт цIыкIу тести. ФIыуэ зэпиплъыхьри: «Алыхь, удахэ дыдэм» къыжриIащ. Зы тэлай дигъэкIри, зригъэхъунщIэну «Удахэ дыдэщ, ауэ си къуэр нэхъ дахэщ», — щыжриIэм, модрейр плъыжьыбзэ къэхъуащ… «Дым Iэдэм и пхъурылъху, Ахъуэхъу Аслъэнбий ипхъу, Хъурей Феликс и щхьэгъусэ» цIэ хэIэтыкIахэм ягуэту къыумыгъэлъагъуэми, КъБР-м щIыхь зиIэ и дохутыр бзылъхугъэм и зэфIэкIыр нэхъ мащIэ хъуну къыщIэкIынкъым. ИтIани цIэрыIуэ ухъунуи IэщIагъэ гуэр зэбгъэгъуэтынуи гъуэгу куэд щыIэщ. Гъуэтыгъуейр «сэ»-р ипэ иригъэщыным хуэхей, ихъуреягъкIэ фIыр щиузэщIыным зигу теухуа зэпыту псэу Ларисэ-гуащэ хуэдэ цIыху дахэхэрщ. Уемызэшыну уемызэш — Евтушенкэ нобэ пщIэшхуэ иIэжу къыщIэкIынкым. Ауэ абы и псалъэхэм къаIуатэ щIалэгъуалэм зэхезгъэхыну сызыхуейр: Уемызэшыну, си псэ, уемызэш, Уи гур зыхуеIэм уи лъэхэр хуэжану ЩIалэфIу ущытыну умыщхьэх… Нэхъ щабэу щытын хуейщ, цIыхухэм нэхъыфIу уахущытыху, абы уиузэщIынущ. Адрей псори абы къытопщIыкIыж. ЧЭРИМ Марянэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30623.txt" }
Сыт зищIысыр адыгагъэр? Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ Мамхэгъ Раисэ и тхылъыщIэ. Лэжьыгъэм и фIэщыгъэм и лъабжьэм къыщыхьащ ар зытеухуар нэхъ къызэпкърызых «Взгляд на человечность человека сквозь призму философии «Адыгагъэ» псалъэхэр. Адыгагъэм хохьэ цIыхугъэри, гъэсэныгъэри, Iэдэбагъри, хьэщIэ егъэблэгъэкIэри, гуапагъэри. «Мамхэгъ Раисэ и лэжьыгъэщIэр теухуащ адыгэхэм яхэлъ хьэл-щэныфI куэд къызэщIэзыубыдэ адыгагъэм. Къыхэгъэщыпхъэщ, а темэм Мамхэгъым хэлъхьэныгъэфI зэрыхуищIар», — жеIэ Котляров Виктор. Философием, социологием, цIыхум и психологием, лъэпкъым и щэнхабзэм, гупсысэкIэм, нэгъуэщIхэми ятеухуауэ Мамхэгъ Раисэ тхылъ тIощIым щIигъу къыдигъэкIащ. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, «Очерки об адыгском этикете», «Homo sapiens: человек, кто ты есть?», «Человек — универсум — Homo noeticus. Его природная сущность, истоки и методы формирования», «Лъэпкъым и цIыху бгъэсэнумэ», «Бзэр лъэпкъым и псэщ», «Наука благоразумного бытия» тхылъхэр. КъищынэмыщIауэ, адыгэбзэкIэ, урысыбзэкIэ дунейм къытехьащ «Усэхэр», «Зэманым и бэджыхъым упхыплъыфмэ…», «Цена мгновения», «Человек в проблемах бытия» усэ тхылъхэр. Мамхэгъ Раисэ Мухьэмэд и пхъур педагогикэ щIэныгъэхэм я докторщ, профессорщ, педагогикэ, социальнэ щIэныгъэхэмкIэ Урысей академиемрэ ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академиемрэ я академикщ, РАН-м психологиемкIэ и институтым когнитивнэ психофизиологиемкIэ иIэ къудамэм и лэжьакIуэщ. НэгъуэщI лъэпкъым щыщхэм урысыбзэр зэребгъэджыну Iэмалым теухуа и лэжьыгъэхэри купщIафIэу къалъытауэ къагъэсэбэп. ГъукIакъуэ Идар.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30626.txt" }
IэнатIэхэм пэрыхьэжын и пэ КъБР-м ЦIыхухэр лэжьапIэкIэ къызэгъэпэщынымкIэ и къэрал комитетым и пресс-IуэхущIапIэм къызэритымкIэ, сабий ягъуэту, ахэр япIу илъэсищкIэ щыса бзылъхугъэ 54-м Iэмал яIэ хъуащ я IэщIагъэм хагъахъуэу лэжьыгъэ IэнатIэхэм пэрыувэжыну. Комитетым IэщIагъэхэм хуегъэджэ- жынымкIэ и къудамэм и унафэщI Гъудэ ФатIимэ жиIащ апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм и лъабжьэр Урысей Федерацэм и Президентым «УФ-м демографие политикэ щегъэкIуэкIыным теухуауэ» къыдигъэкIа Унафэм зэрыщыгъэтIылъар. А дэфтэрым ипкъ иткIэ, сабийм и ныбжьыр илъэси 3 хъуху зыпIу абы бгъэдэса анэм хуитыныгъи Iэмали иIэн хуейщ бгъэдэлъ Iэзагъэм хигъэхъуэжу, зыпэрыта IэнатIэм пэрыувэжыну е нэгъуэщI IэщIагъэ зригъэгъуэтыну. ФатIимэ зэрыжиIэмкIэ, егъэджэныгъэхэр йокIуэкI «Компьютер техникэм и IэщIагъэлI», «Секретарь-референт», «Бухгалтер къэпщытэныгъэ», «1С: Предприятэ», «Медсестра», «Педиатр», «Косметолог» IэщIагъэхэмкIэ, нэгъуэщIхэмкIэ. Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм и фIыгъэкIэ, декрет щыса бзылъхугъэхэм щыгъуазэ зыхуащIыжыф я IэщIагъэм епха щIэныпхъэхэм, ахэр зэрымылэжьа илъэсищым къриубыдэу IэнатIэм къыхыхьа зэхъуэкIыныгъэщIэхэм. Лэжьыгъэ IэнатIэм пэрыхьэжын и пэ къихуэу зи гугъу тщIа щIыкIэм тету зи щIэныгъэм хэзыгъэхъуа бзылъхугъэхэм ящыщщ ПотребкооперацэмкIэ Белгород университетым и къудамэу Налшык щыIэм и библиотекарь Хьэнфэн Марьянэ. ХъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я фIыгъэкIэ, апхуэдэ Iэмал щыIэу къэзыщIа бзылъхугъэм Налшык цIыхухэр лэжьыгъэкIэ къызэгъэпэщынымкIэ и центрым къыщиухащ «Компьютер техникэм и IэщIагъэлI» курсыр икIи а унэтIыныгъэмкIэ щIэныгъэщIэхэр бгъэдэлъу и IэнатIэм пэрыувэжащ. Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэр сэбэп къыхуэхъуащ Налшык дэт клиникэ сымаджэщ №2-м и медсестра Мудрэн Iэминати. Декрет нэужьым абы и IэщIагъэм щыхигъэхъуащ «Хирургием и медсестра» курсхэм. Къардэн Тамбий.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30629.txt" }
«Фэеплъым и уэздыгъэ» ИлъэситхукIэ узэIэбэкIыжмэ, 2008 гъэм и гъэмахуэм Куржымрэ Осетие Ипщэмрэ я кум зэныкъуэкъу къыдэхъуащ. Зауэ гуащIэм къыщIидзащ шыщхьэуIум и 8-р къыщихьэ жэщым. Осетие Ипщэм и къалащхьэ Цхинвал иубыдын мурадкIэ, Куржым и дзэр абы топкIэ куэдрэ дэуащ. Урысейр хэмыхьэу хъуакъым а зэпэщIэтыныгъэм — япэрауэ, а щIыналъэм щыпсэу и цIыхухэм къащхьэщыжын хуейт, къимыдэкIэ мамыру зи щIыналъэ исыж цIыхубзхэм, сабийхэм лей къатехьэрт. Иджыри къыздэсым нэсу къахуэгъэнэIуакъым а лъэхъэнэм къриубыдэу Цхинвал цIыху дапщэ щыхэкIуэдами. Ауэ, лажьи хъати зимыIэ цIыхухэр, сабийхэр щыхэкIуадэм деж уи гур мэуз. Абы лъандэрэ шыщхьэуIум и 8-м УФ-ми ягу къыщагъэкIыж а зауэм хэкIуэдахэр. Къэбэрдей-Балъкъэрми гулъытэншэу къыщагъэнакъым а Iуэхур. «Урысей зэкъуэт» партым и «ЩIэблэщIэ гвардием» хэтхэр, волонтерхэр, къалэдэсхэр, уеблэмэ республикэм и хьэщIэ турист нэгъунэ, дунейр зэрыуэлбанэм щхьэкIи къамыгъанэу, хэтащ абы ехьэлIауэ ирагъэкIуэкIа Iуэхугъуэхэм. Мы Iуэхум и къызэгъэпэщакIуэ Нэзрэн Беслъэн и жэрдэмкIэ Осетие Ипщэм и бэракъыр щаIэтащ ХьэтIохъущокъуэм и хадэм лъакъуэрыгъажэкIэ къыщыбжыхь хъу и лъагъуэм и гъунэгъуу щыт пхъэ унэ цIыкIум икIи шэху уэздыгъэхэр пагъэнащ. Лъэпкъ зэзауэ щымыгъэIэным щIалэгъуалэр къыхуезыджэ, апхуэдэуи Осетие Ипщэм щыхэкIуэдахэм я фэеплъыр зыгъэлъапIэ Iуэхугъуэр зылъэгъуа псоми гукъинэж ящыхъуащ. Мыр къызэзыгъэпэщахэм жаIащ мыпхуэдэ Iуэхугъуэхэр илъэс къэси, Iэмал зэриIэкIэ щIалэгъуалэ нэхъыбэ къыхашэурэ, ирагъэкIуэкIыныр зэрафIэигъуэр. Осетие Ипщэмрэ Абхъаз Республикэмрэ я щIыналъэхэм мамырыгъэ сыт щыгъуи щрыреIэ, къытщIэхъуэ щIэблэм зэи ящремыгъупщэ я тхыдэмрэ мамырыгъэм папщIэ зи гъащIэр зыта лIыхъужьхэмрэ. Тюльпин Александр итха «Цхинвал» усэри апхуэдэ фэеплъым и дамыгъэхэм ящыщщ: ЩIалэхэр зауэм докI. Дапщэщ? Дэнэ? Сытым щхьэкIэ? ПигъэщхьэхукIауэ мафIэ лыгъэм, Кавказ Ищхъэрэр къыдэтщ я щIыбагъым. Псым и Iуфэм ирахулIахэу, Сабийхэр, лIыжь-фызыжьхэр зэщIотхьэджэ. Къыпщагъэхъуу дунейр зэтещахэу, Топ уэ макъхэм къалэр ягъэзджыздж. Унэхэр къэуфэрэнкI къыпфIэщIырт, ИкIи иджыри къэскIэ дэ дымыщIэ: Хэт мыбдеж щыIар, Хэт хэкIуэдар? Уэгум нэсу къэуа мафIэ бзийр ЗэшэзэпIэу теуат къалэ жейм. Топышэхэм, танкхэм, минэхэм ЩIаукIыхьырт цIыхухэр унэм. Хэт теувэнур ахэм я бжэщхьэIум, Ажалым щызыхъумэ мэIуу? Танкхэр кIуэми, иращIыкIыу къахуэзэр, ЩIалэхэр поув шыщхьэмыгъазэу. Бий къайкуэдэкIым хуимыкIуэту, ЩIалэхэм кърагъэлащ Осетиер.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30631.txt" }
ШапэIудзу уващ КъБР-м щыIэ МВД-м и лэжьакIуэ щIалитIыр япэщIэувэри, IэщэкIэ зэщIэузэда щIэпхъаджащIэу плIы, абыхэм Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ я щэхурылажьэ бзаджащIэ гупхэм я Iэтащхьэри яхэту, къызэтрагъэувыIащ. Полицэм и сержант Шэмпар Арсен а зэхэуэм хэкIуэдащ икIи ар щалъхуа Зэрэгъыж къуажэм шыщхьэуIум и 8-м щыщIалъхьэжащ. Щыгъуэ пэкIум министр, генерал-майор Васильев Сергей къыщопсалъэ. Щэхурылажьэ бзаджащIэ гупым я Iэтащхьэмрэ абы и гъусищымрэ полицэм и лэжьакIуэхэм щатеуам хабзэм и хъумакIуэхэм я къулыкъур Налшык къалэм и Александровкэ хьэблэм щрахьэкIырт. Жэщыбгым нэсауэ полицэм и лэжьакIуэхэм гу лъатащ цIыхуиплI зэрыс «Лада-Приора» автомашинэм. Ар къагъэувыIэну щыхуежьэм, нэхъри нэхъ хуабжь зищIри яIэщIэкIыну хуежьащ, ауэ рулым дэсым машинэр хузэтемыубыдэу гъуэгу напщIэм телъадэри, унагъуэ гуэрым я бжыхьым жьэхэуащ. Автомашинэм зэуэ цIыхуищым зыкърадзри, полицэм и лэжьакIуэхэм кIэрахъуэхэмкIэ къахэуэу щIадзащ. Полицэм и сержант нэхъыжь Шэмпар Арсен зэуэ шэ зыбжанэ къытехуащ. УIэгъэ хьэлъэ хъуа пэтми, абы щIэпхъаджащIэхэр къызэтригъэувыIэн хузэфIэкIащ. Езыр сымаджэщым нагъэса щхьэкIэ, къахуегъэлакъым. Арсен и гъусэми лIыгъэ хэлъу зыкъигъэлъэгъуащ. Абы автомашинэм иса цIыхуиплIым ящыщу зыри IэщIэкIакъым. Iуэхур щызэхагъэкIым къызэрахутамкIэ, яукIахэм яхэту къыщIэкIащ щэхурылажьэ щIэпхъаджащIэ гупхэм я Iэтащхьэхэм ящыщ зы, Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ я «амир» цIэр зезыхьэ, илъэс 34-рэ зи ныбжь Факъуэ Хьэсэнбий. Ди республикэм и Бахъсэн районым хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм щалъхуа Факъуэр террорист щIэпхъаджагъэхэр зэрилэжьам, хабзэхъумэ органхэм я лэжьакIуэхэм зэратеуам, зэриукIам, «сэджыт» фIищурэ хьэрычэтыщIэхэм ахъшэ къазэрытрихым къыхэкIыу къэрал псом къыщалъыхъуэрт. ЯукIа бзаджащIэхэм ящыщ зыр цIыхубзу къыщIэкIащ. Ари къэрал псом къыщалъыхъуэ, Факъуэм и псэуэгъу Уэртэн Иринэт. АдреитIыр щэхурылажьэ бзаджащIэ гупхэм я дэIэпыкъуэгъу Къущхьэ Хьэсэнрэ Щауэ Анзоррэщ. А тIум языхэзым суд приставхэм я къулыкъущIапIэм и лэжьакIуэм и удостоверенэ иIыгъауэ жаIэ. «Приора» автомашинэм ПМ кIэрахъуэу тIу, ПС кIэрахъуэ, шэхэр, щыгъын, шхыныгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр кърахащ. Апхуэдэу автомашинэм илъащ гранатыдзым и шэм къыхэщIыкIа лагъым IэрыщIу тIу. Ахэр бгъэIэпхъуэну зэрышынагъуэм къыхэкIыу занщIэу абдеж къыщагъэуащ. Налшык къалэм следствиемкIэ и IуэхущIапIэм уголовнэ Iуэху къызэIуихащ хабзэм къемызэгъыу Iэщэ, шэхэр зэрызэрахьэм, хабзэхъумэ органхэм я лэжьакIуэхэм зэратеуам теухуауэ. (2013 гъэм шыщхьэуIум и 8-м къыдэкIа «Российская газета» газет) Шэмпар Арсен дзэм къулыкъу щещIэ. Полицэм и лэжьакIуэ щIалитIым фIыуэ ящIэрт зыпэрыт IэнатIэр къызэрымыкIуэу гугъуу, языныкъуэхэм и деж псэзэпылъхьэпIэу зэрыщытыр. Иужьрей илъэсхэм КъБР-м щIэпхъаджагъэ куэд щалэжь. Псом хуэмыдэу хабзэхъумэхэм я Iуэхур гугъущ, сыту жыпIэмэ, абыхэм жэуап яхь къызэрыгуэкI цIыхухэм шынагъуэ къатемыгъэхьэным и лъэныкъуэкIэ. Аращ ахэр хабзэм ебэкъуахэм ялъагъу щIэмыхъур икIи куэдрэ щIатеуэр. Иджы дыдэ Налшык къалэм Кулиевым и уэрамым къыщагъэувыIа гупым я документхэр къыщапщытэм полицэм и лэжьакIуэу тIу яукIащ. А псоми фIыуэ щыгъуазэт Арсенрэ абы и лэжьэгъумрэ. Ауэ абы щхьэкIэ къамыгъанэу ахэр щхьэмыгъазэу бзадзащIэхэм япэщIэуващ икIи абыхэм ятекIуащ. ЛIыхъужьыгъэ хэлъу щIэпхъаджащIэхэм япэщIэува Шэмпар Арсен щыщIалъхьэм егъэлеяуэ цIыху куэд къызэхуэсат. ХэкIуэда щIалэм и Iыхьлыхэм яхуэгузэвэн папщIэ Зэрэгъыж кIуащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Хьэсанэ Руслан. Я лэжьэгъур ягъэлъэпIэну, абы Iуплъэжыну къызэхуэсат къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэм я щIыналъэ IуэхущIапIэ псоми я лIыкIуэхэр. Къуажэм цIыху къыдэнэжакъым жыпIэну, Шэмпархэ я пщIантIэм дэтт. Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ, полицэм и генерал-майор Васильев Сергей щыгъуэ пэкIум щыжиIащ: «Нобэ дэ тхэкIыжащ Къэбэрдей-Балъкъэрым хуэфэщэн и быныр, Хэкум и хъумакIуэ нэсыр. Ажалышэр къытехуа нэужьи ар террористхэм кърагъэкIуэтыфакъым. Абы иджыри IуэхуфI куэд хузэфIэкIынут, ауэ къыхуиухам хуэдэу и Iуэхур хъуащ… Абы зыгуэрхэм закъуигъэпщкIуэну хэтакъым икIи илэжьа лIыхъужьыгъэмкIэ куэд ажалым къригъэлащ». И анэ Жанетэ и гъусэу. Шэмпар Арсен плъапIэ дахэхэр иIащ. Ар унагъуэ хъуну, сабий игъуэтыну щIэхъуэпсырт. Абы къыдэкIуэу и гъунэгъухэр, и къуажэгъухэр зэи гулъытэншэу къигъанэртэкъым. Илъэс 60 хуэдиз зи ныбжь ШэрыIужь Заретэ, Шэмпархэ я гъунэгъум, къеIуэтэж: «Арсен зэрысабийрэ сцIыхурти, лэжьыгъэм зэи зыпыIудзу слъэгъуакъым. Ди уэрамым дэстэкъым ар зымыцIыхурэ фIыуэ зымылъагъурэ. Хэт сыт хуэдэ Iуэху иIэми, Арсен япэ дыдэу нэсхэм ящыщт. Апхуэдэ цIыху псэ хьэлэлхэр, зи дуней тетыгъуэхэр щыхэкIуадэм деж хамэми благъэми я гуауэшхуэщ. Сыт дэ, нэхъыжьхэм, тщIэн хуейр апхуэдэ гуауэ щымыIэн, щIэблэм дунейм гу щахуэн папщIэ?»… КъБР-м щыIэ МВД-м и ГИБДД-м и гъуэгу-плъыр IэнатIэм и батальон щхьэхуэм и командир, полицэм и подполковник Машэжь Руслан жеIэ: «ПщIэ, нэмыс, пэжыгъэ жыхуэтIэхэр полицэм и сержант нэхъыжь Шэмпар Арсен и дежкIэ Iуэху пыухыкIахэмкIэ гъэнщIат. ПсэзэпылъхьэпIэ щихуам ар зэрымыгужьеяр икIи лIыхъужьыгъэ къызэригъэлъэгъуар и лэжьэгъу псоми я дежкIэ гурыIуэгъуэщ. Абы и фIыщIэщ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ цIыху куэдым ялъ зыгъэжа лIыукIхэр яхуэфэщэным зэрыхуэзар. Шэмпар Арсен и лIыгъэр хабзэхъумэ органхэм я лэжьакIуэ куэдым, уеблэмэ ди республикэм, зэрыщыту къэралым ис щIалэгъуалэм я дежкIэ щапхъэу щытынущ. Иджыпсту зэманыр зэхэзэрыхьами, гъащIэр тэмэму зэрызэтеувэжынум сэ шэч къытесхьэркъым. Къэбэрдей-Балъкъэрми мамырыгъэр тепщэ щыхъужынщ, кIакхъу щыщIамычу, цIыхухэр щыхэмыкIуадэу. Ауэ абы щыгъуи ди цIыхухэм ящыгъупщэнкъым террористхэм щхьэмыгъазэу япэщIэта хабзэхъумэхэр». ЦIыхур сыт хуэдэ гузэвэгъуэми йосэж, зэман гуэр дэкIа нэужь ар нэхъ IэтыгъуафIэ щохъу. Ауэ быным и гуауэр анэм щызыгъэпсынщIэфын зэи къэхъунукъым. Аращи, Жанетэ махуэ зырызу жыхуаIэм хуэдэу и щхьэм щызэрегъэкIу и щIалэм и гъащIэ кIэщIыр. Ар сыт щыгъуи и анэм щысхьырт, зы сыхьэт лейуэ къэгувамэ, телефонкIэ къепсалъэрт, мыгузэвэн папщIэ. Унагъуэр къыщихуауэ къулейуэ зэи псэуакъым. Абы къыхэкIыу тIэкIу къызэрыжэпхъыу Арсен унэми лъапсэми илэжьыхьу, и къуэш нэхъыщIэр зэригъэгушхуэным хущIэкъуу къекIуэкIащ. Ар сыт щыгъуи захуагъэм и телъхьэт, лей лъэпкъ ишэчынутэкъым. Школым щыщIэсым щыгъуи ар нэхъ цIыкIухэм къащхьэщыж зэпытт. Дзэм къулыкъу ищIэу щыщыIа зэманым абы и егугъуныгъэмрэ зэфIэкIымрэ папщIэ фIыщIэ къыхуащIу командирхэм анэм тхыгъэ куэд къыхуагъэхьащ. Абы щыгъуэщ Арсен къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэм къулыкъу щищIэну игу ирилъхьауэ щыщытар. Анэм ар фIэкъабылтэкъым, IэнатIэр шынагъуэу икIи мытыншу зэрыщытыр ищIэрти. Арсен щыхэкIуэдэну махуэм, и псэм ищIати, анэр абы телефонкIэ пщыхьэщхьэм сыхьэти 9-м деж епсэлъащ, и Iуэху зытетым щIэупщIащ. Арсен абы жэуап къритыжащ Налшык и хьэблэхэм ящыщ зым зэрыщыIэр, псори зэрытэмэмыр икIи мыгузэвэну къелъэIуащ. Сыхьэтищ нэхъ дэмыкIыу къэкIуа и ныбжьэгъухэм анэм къыжраIащ Арсен уIэгъэ хьэлъэ зэрыхъуар икIи сымаджэщым яшащ. Ауэ анэр и къуэм зыкIи дэIэпыкъужыфакъым. Зэрахьа лIыгъэм папщIэ КъБР-м щыIэ МВД-м и ГИБДД-м и гъуэгу-плъыр IэнатIэм и экипажым дамыгъэ лъапIэхэр къратыну игъэлъэгъуащ къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру республикэм щыIэ Васильев Сергей. КIасэ Маринэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30634.txt" }
Нобэ Абхъаз Республикэм щагъэлъапIэ Хэкур зыхъумэу хэкIуэдахэм я фэеплъ махуэр. Республикэм и Совет Нэхъыщхьэм 1993 гъэм къищта унафэм ипкъ иткIэ ягъэуващ. Париж и унафэщI Лепин Луи 1893 гъэм унафэ къыдигъэкIащ «Мотор зыдэт транспорт зэрагъэкIуэну хуит зыщI дэфтэрхэр тыным и IуэхукIэ» — ахэращ иджырей правахэр къызытращIыкIыжар. Великобританием щыщ Фолкстон къалэм 1908 гъэм щызэхэтащ пщащэ нэхъ дахэр къыхэхыным теухуа япэ дунейпсо зэпеуэр. 1930 гъэм СССР-м къыщащтащ пэщIэдзэ щIэныгъэ дэтхэнэ и цIыхуми Iэмал имыIэу иIэн зэрыхуейм теухуа унафэ. ФутболымкIэ дунейпсо чемпионатым, 2014 гъэм Бразилием щекIуэкIынум, хэтынухэр къыщыхах зэIущIэм щызэхуэзэнущ Ирландие Ищхъэрэмрэ Урысеймрэ я командэ къыхэхахэр. Шэрджэс усакIуэ, тхакIуэ Дыгъужь Къурмэн къызэралъхурэ илъэс 72-рэ ирокъу. Тырку Республикэм щылажьэ «Каффед» зэгухьэныгъэм хэт, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Джандемир (Гугъэв) Джихьан и ныбжьыр илъэс 65-рэ ирокъу. ТхакIуэ, журналист, «Черкес хэку» газетым и редактор нэхъыщхьэ Тхьэгъэпсэу Увжыкъуэ и ныбжьыр илъэс 52-рэ ирокъу. КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Тхьэщыгъуей Жаннетэ къыщалъхуа махуэщ. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, уэшх къыщешхынкIэ хъунущ. Хуабэр махуэм градус 24 — 25-рэ, жэщым градус 18 — 21-рэ щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30640.txt" }
Хэкужьыр зрагъэцIыху Налшык щыIэ «Къурш псынэ» зыгъэпсэхупIэм и бжэхэр мы махуэхэм хузэIуахащ ди лъэпкъэгъу ныбжьыщIэ цIыкIухэу Тыркум, Ставрополь куейм, Мэздэгу щIыналъэм къикIахэм. ТхьэмахуитIкIэ ди республикэм щыхьэщIэну сабийхэм КъБР-м и щIыпIэ нэхъ дахэ дыдэхэр зрагъэлъагъунущ, музейхэм кIуэнущ, я унэцIэджэгъухэр, Iыхьлыхэр зрагъэцIыхунущ. А псом ящхьэжу, хамэ щIыпIэ къикIа ныбжьыщIэхэм махуэ къэс анэдэлъхубзэмкIэ дерсхэр драгъэкIуэкIынущ. Адыгэбзэр абыхэм ирагъэщIэнущ ди республикэм и школхэмрэ еджапIэ нэхъыщхьэхэмрэ я егъэджакIуэ пажэхэм. Апхуэдэ программэ гъэщIэгъуэн ди хьэщIэхэм яхузэхигъэуващ КъБР-м ЦIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министерствэм. Хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэмрэ хэкум исхэмрэ я зэпыщIэныгъэр егъэфIэкIуэным хуэунэтIауэ КъБР-м и Правительствэм 2012 гъэм къыдигъэкIа Унафэм ипкъ иткIэ, иужьрей илъэситхум гъэ къэс къызэрагъэпэщ мыпхуэдэ лагерхэр. Мы гъэм ди деж зыщагъэпсэхунущ хэхэс адыгэхэм ящыщ ныбжьыщIэ 40-м нэсым. Сабий 30-р Тыркум и Анкара, Истамбыл, Къайсэр къалэхэм къикIащ. ГуфIэгъуэ зэIущIэкIэ вэсэмахуэ къызэIуахащ лагерым и лэжьыгъэр. ЗыгъэпсэхупIэм и пщIантIэшхуэм щетIысэкIа хьэщIэ цIыкIухэм псалъэ гуапэкIэ зыхуагъэзащ абы кърихьэлIахэу министр Къумахуэ Мухьэ- дин (сурэтым), Дунейпсо Адыгэ Хасэм, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм, «Эльбрусоид»-м я лIыкIуэхэм. Я нэгу зрагъэужьыну, хэкум зыщагъэпсэхуну къэкIуэжа сабийхэм ахэр гуапэу ехъуэхъуащ икIи къыхагъэщащ абыхэм я хьэщIэгъуэр гъэщIэгъуэну, купщIафIэу, гукъинэу зэрекIуэкIынур. ГуфIэгъуэ махуэр ягъэдэхащ уэрэджыIакIуэхэу Бий Аслъэн, Гергокаевэ Хьэлимэт сымэ, Хьэщыкъуей Аллэ зи унафэщI «Нартшыр» къэфакIуэ гупым, нэгъуэщIхэми. ЩОДЖЭН Iэминат. Сурэтхэр МАМИЙ Руслан трихащ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30643.txt" }
Урысейпсо, щIыналъэ зэхуаку, щIыналъэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ящIэн папщIэ жылагъуэ кIэлъыплъакIуэ комиссэм хагъэхьэнухэм я кандидатурэхэр къэгъэлъэгъуэн зэрыщIадзэм теухуауэ Урысей Федерацэм и Жылагъуэ палатэм и секретарым къыбгъэдэкI хъыбар Хъыбар фызогъащIэ «Тутнакъэщхэм исхэм я хуитыныгъэхэр къызэрызэрагъэпэщым жылагъуэр зэрыкIэлъыплъ щIыкIэмрэ тутнакъэщхэм исхэм защIэгъэкъуэнымрэ я IуэхукIэ» 2008 гъэм мэкъуауэгъуэм и 10-м къащта Федеральнэ Закон №76-ФЗ-м ипкъ иткIэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и жылагъуэ кIэлъыплъакIуэ комиссэм хагъэхьэнухэм я кандидатурэхэр 2013 гъэм шыщхьэуIум и 16-м къэгъэлъэгъуэн зэрыщIадзэмкIэ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и жылагъуэ зэгухьэныгъэхэр къыхузоджэ жылагъуэ кIэлъыплъакIуэ комиссэхэм хэтынухэм я кандидатурэхэр къагъэлъэгъуэным къыхыхьэну икIи, федеральнэ законым къызэрыщыгъэлъэгъуам хуэдэу, зыхуэфащэ лъэIумрэ документхэмрэ Урысей Федерацэм и Жылагъуэ палатэм и секретарь Велихов Е.П. и цIэкIэ ягъэхьыну. Урысей Федерацэм и субъектхэм жылагъуэ кIэлъыплъакIуэ комиссэхэр къызэрыщызэрагъэпэщ щIыкIэм теухуа хъыбархэмрэ жылагъуэ кIэлъыплъакIуэ комиссэхэм хэтынухэм я кандидатхэр къэгъэлъэгъуэнымкIэ чэнджэщхэмрэ Урысей Федерацэм и Жылагъуэ палатэм и http://www.oprf.ru сайтым итщ. ФыщIэупщIэ хъунущ мы телефонымкIэ: 8(495)221-83-63 щIагъуж бжыгъэр 2043. Урысей Федерацэм и Жылагъуэ палатэм и секретарь Велихов Е. П.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30648.txt" }
ЛIыхъужьхэр гъуэгу тохьэ КъБР-м щыщу Абхъазым щызэуа ди щIалэхэр дыгъуасэ гъуэгу теуващ, а щIыналъэм зауэ къызэрыщыхъейрэ илъэс тIощIрэ зырэ зэрыри-къум теухуа дауэдапщэхэмрэ Хэкур зыхъумахэм я махуэр щагъэлъапIэмрэ хэтыну. Ахэр иригъэблэгъащ Абхъазым и президент Анкваб Александр. ЦIыху 20 хъууэ ежьа гупым я пашэщ АР-м зыхъумэжыныгъэмкIэ и министру щыта, генерал-лейтенант Сосналы СулътIан и щхьэгъусэ Любэ. — ШыщхьэуIум и 14-мрэ 15-мрэ IуэхугъуитI екIуэкIынущ, — жиIащ Абхъазым щызэуа ди щIалэхэм я зэгухьэныгъэм и Iэтащхьэ Яхэгуауэ Къазбэч. — Куржы-абхъаз зауэм щыщIидза шыщхьэуIум и 14-м удз гъэгъахэр фэеплъ сынхэм тралъхьэнущ. Абы ехьэлIа Iуэхугъуэ щхьэхуэхэм дэри дыхэтынущ. КъыкIэлъыкIуэ махуэр Хэкур зыхъумахэм я махуэу ягъэуващи, абыи гъэ къэси хуэдэу драгъэблэгъащ. ШыщхьэуIум и 15-м — Абхъазхэм я телъхьэу зэуахэм я махуэм — къызэIуахынущ я къуэш хэкIуэдахэм я фэеплъ сын. 2013 гъэр абхъазхэми абыхэм ядэIэпыкъуахэми я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ илъэсщ. Мы гъэм фокIадэм и 30-м ди къуэшхэм ягъэлъэпIэнущ текIуэныгъэ къызэрахьрэ илъэс 20 зэрырикъур. Абыи кIуэну за-гъэхьэзыр ди щIалэхэми зауэм хэкIуэдахэм я адэ-анэхэми. Сыхъум щекIуэкIыну гуфIэгъуэ зэIущIэхэм я пэ къихуэу Налшыки щагъэлъэпIэнущ Апсным и текIуэныгъэр. КъБР-м къыщызэIуахынущ Абхъазым хуэгъэпса музей щхьэхуэ, апхуэдэуи «XX лIэщIыгъуэм и лIыхъусэжьхэр» фильмыр ягъэлъэгъуэнущ. НэщIэпыджэ Замирэ. Сурэтыр МАМИЙ Руслан трихащ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30649.txt" }
Жэуаплыныгъэр ягъэткIий КъБР-м и Премьер-министр Хьэсанэ Руслан дыгъуасэ иригъэкIуэкIащ Правительствэм Бюджет IэнатIэхэм я хэхъуэхэр зэгъэуIуныр къызэгъэпэщынымрэ финанс, бюджет, налог дисциплинэр зэрагъэзащIэмрэ кIэлъыплъынымкIэ и комиссэм и зэIущIэ зыубгъуа. Абы и пэублэ псалъэм къыхигъэщащ республикэ бюджетымрэ муниципальнэ районхэм, къалэ округхэм я щIыпIэ бюджетхэмрэ мы гъэм щыгъэбелджылахэр гъэзэщIа зэрымыхъур, щытыкIэм зегъэхъуэжыным къаруушхуэ ирахьэлIэн зэрыхуейр. Къыхалъхьа Iуэхур — налогрэ нэгъуэщIу Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщыхахым хэгъэхъуэным хуэунэтIауэ мазих кIуам зэфIагъэкIахэмрэ дяпэкIэ къапэщыт къалэнхэмрэ — зэпкърахыу зэIущIэм къыщыпсэлъащ финансхэмкIэ министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Мишковэ Иринэрэ республикэм и налог IэнатIэм и Iэтащхьэм и пщэрылъхэр езыхьэкI Сарбашевэ Светланэрэ. Сарбашевэ Светланэ къызэригъэлъэгъуамкIэ, накъыгъэ кIуам и кIэм республикэм и кредитор щIыхуэр сом мелард 30,3-м, дебитор щIыхуэр сом мелард 18,8-м нэсащ. Абыхэм ящыщу, зэрызэкIэлъыкIуэм хуэдэу, сом меларди 5,6-р, меларди 3,4-р щатыжын хуей пIалъэм фIэкIащ. ЩIышылэ -накъыгъэ мазэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым ахъшэкIэ хэхъуэу къащыIэрыхьар Урысейми, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэми щыщыIам нэхърэ нэхъ мащIэщ. Зэхыхьэм хэтащ министрхэр, къалэ, район администрацэхэм, къэрал комитетхэм, къарузехьэ IэнатIэхэм я унафэщIхэр, ирагъэблэгъа къулыкъущIэхэр. ХЬЭЖЫКЪАРЭ Алик.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30652.txt" }
Къанокъуэ Арсен: Зэхыхьэшхуэ егъэкIуэкIыным срителъхьэщ ШыщхьэуIум и 13-м сыхьэт 18-рэ дакъикъэ 30-м «Урысей 1» («Къэбэрдей-Балъкъэр» къэрал телерадиокомпание) къитащ Кавказ Ищхъэрэм и щIалэгъуалэм я «Мэшыкъуэ-2013» зэхуэсышхуэм и пэ къихуэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен драгъэкIуэкIа псалъэмакъыр. КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и деж щыIэ ЩIалэгъуалэ советым хэт Куэцэ Ратмир зыщIэупщIам и жэуапу КъБР-м и Iэтащхьэм жиIащ щIалэгъуалэ проект зэмылIэужьыгъуэхэр къыщыхалъхьэ хъуну утыкуу зэрыщытым къыхэкIыу, а зэхыхьэшхуэр егъэкIуэкIыным зэрителъхьэр. Абы кърикIуэхэм япкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и властхэм къыхатхыкIынущ нэхъ зэфIэкIышхуэ зыбгъэдэлъ, нэхъыбэкIэ узыщыгугъ хъуну щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ, иужькIэ ахэр къэрал властым и органхэм я лэжьыгъэм къыхашэн папщIэ. Апхуэдэу гулъытэ хуащIынущ щIалэгъуалэм ябгъэдэлъ зэфIэкIыр наIуэ къэщIыным, ар республикэм зегъэужьыным хуэунэтIауэ къагъэсэбэпыным. КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30655.txt" }
ДзыхьмыщIхэ я къафэ «Лъэпкъым и набдзэ» жыхуаIэхэм ящыщщ «Кабардинка» къэфакIуэ гупыр. Абы цIыху куэд щызэблэкIащ, Iэджи и къафэм щIапIыкIащ, къэралым и пщIэр иIэтащ. Апхуэдэ зэфIэкI гупым иIэнымкIэ я гуащIэ мымащIэу халъхьащ ди нэхъыжьыфIхэм, зи гур гъуазджэм етауэ къэгъуэгурыкIуахэм. Абыхэм ящыщщ ДзыхьмыщIхэ Къэралбийрэ Зарэрэ. Зэщхьэгъусэхэм мызэ-мытIэу къыхуагъэфэщащ СССР-м, УФ-м щэнхабзэмкIэ я министерствэхэм я ЩIыхь тхылъхэр. Ансамблыр зэрыщыIэ илъэс 80-м къриубыдэу, абы хэта цIыхуитIырщ Лэжьыгъэм и Бэракъ Плъыжь орденыр зратар, а тIум (япэу зыхуагъэфэщар Шэру Сонящ) языхэзщ Къэралбий — 1976 гъэрщ апхуэдэ пщIэ абы къыщыхуащIар. Зарэрэ Къэралбийрэ хэтащ Октябрь революцэр илъэс 60 щрикъум Москва щрагъэкIуэкIа зэхыхьэхэм. «Кабардинка»-р — ар ди гъащIэращ. Ди хабзэ, нэмыс, цIыхугъэ — псори къызыхэтхар аращ», — жаIэ зэщхьэгъусэхэм. ЩIэдзапIэ Къэралбий. 1969 гъэ — Сыту жыжьэ дыIэбэжын хуей! — къыщIедзэ Къэралбий. — 1961 гъэм «Искож» промышленнэ IуэхущIапIэм токарь-учетчикыу мазитIкIэ сыщылэжьауэ, къуажэмкIэ (Хьэтуейщ сызыщыщыр) згъэзэжащ. Къуажэ советым и тхьэмадэм фIыуэ сыкъицIыхурт, къафэм сызэрыцIыкIурэ сызэрыхэтым, сызэрыдихьэхым щыгъуазэти, ЩэнхабзэмкIэ унэм и унафэщI сищIащ. КъэфакIуэ гуп цIыкIу абы щыгъуэм къызэзгъэпэщри, увыпIэ хъарзынэхэр республикэ зэпеуэхэм къыщытхьу дылэжьащ, уеблэмэ аккордеон щIэрыпс къыщытхьэхуаи къэхъуауэ… 1963 гъэм къалэмкIэ сыкъэкIуэну сигу ислъхьат, зы щIэныгъэ гуэри зэзгъэгъуэтыну си мурад быдэти, Саратов сежьащ. АрщхьэкIэ экзаменхэм сыпэлъэщакъым, етIуанэу иужь сихьэри — аргуэру си баллхэр иримыкъуу сыкъыпыхуащ. Юрист IэщIагъэрт апхуэдизу сызыщIэбэныр. Къэралбий и Iуэхухэр щIызэтемыувэм зыфIи хэлът, зыхущIемыгъуэжын IэщIагъэр къыпэплъэрт абы. Лъэпкъ творчествэхэмкIэ республикэ унэм IуэрыIуатэмкIэ и къудамэм и унафэщIу щыта Нэфлъашэ Мыхьмуд и цIыхугъэти, ечэнджэщыну абы и деж кIуат. «Уэ уи лэжьыгъэр здэщыIэр Къэбэрдей уэрамым тет 17-нэ унэрщ. КIуэ абы», — къыжреIэри къыщIегъэкIыж. «СокIуэ. Ещанэ къатым сыдокIуейри, пшынэ макъ къызэхызох, псыр къапыжу щIалитI-щыи къызолъагъу. КъызэрыщIэкIамкIэ, «Кабардинка» гупым зыщигъасэр арат. ФщIэ къыщIэкIынщ, а зэманым абы зэреджэу щытар Къафэмрэ уэрэдымкIэ ансамбылт. Нэхъ ипэIуэкIэ сэ сыхэтауэ щытащ ЩэнхабзэмкIэ Профсоюзхэм я унэм Ульбашевэ Эммэ щигъасэу щыта гупым. Абы къыхэкIкIи, сызыхыхьа щIалэгъуалэм си нэIуаси яхэту къыщIэкIат. ЦIыху телъыджэ Соттаев Къанщауэ къызбгъэдыхьэри, си Iуэхур зытетыр щыжесIэм, ансамблым и художественнэ унафэщI Ульбашев Мутай сыбгъэдишащ. Нэхъ кIэщIу жыпIэмэ, гупым сыкъащтэн щхьэкIэ, си къэфэкIэр зрагъэлъэгъун хуейтэкъэ?! Сагъэуващ сыкъэфэну. Къыспагъэувар хэтыт? ЦIыхубз цIэрыIуэ, къэфакIуэшхуэ Шэру Сонят. Ар къыщыслъагъум, си лъакъуэхэр щIэкIэзызыхь хъуат. Иужьым Соня къызэпсалъэщ, сытригъэгушхуэри, сыкъэфащ, гупми сыхагъэхьащ», — жеIэ Къэралбий. Зарэ. 1974 гъэ Зарэ (КIуантIэхэ япхъущ, Тэрч къалэ щыщщ) япэ дыдэу «Кабардинка» къэфакIуэ гупыр щилъэгъуам илъэс 13 фIэкIа хъуатэкъым. Хъыджэбз цIыкIур ансамблым хэтхэм я къэфэкIэ-зыIыгъыкIэм занщIэу итхьэкъуат, ауэ и пщIыхьэпIи къыхэхуатэкъым зэгуэр езыри абыхэм къахэхутэну. «Нэхъ сыщыцIыкIухэм пионерхэм я унэм секIуалIэу щытащ, иужькIэ культпросвет училищэм сыщеджащ. 1962 гъэм еджэныр къэдухыным илъэс ныкъуэ хуэдэ иIэжу, а зэманым республикэм щэнхабзэмкIэ и министру щыта Ефэнды Джылахъстэн къэфакIуэ ныбжьыщIэ зытIущ дыкъыхишри, «Кабардинка»-м я гъусэу зыкъэдгъэлъэгъуэну Сыбырым дыкIуауэ щытащ. Гупым дыкъыхэнэжри илъэс 22-кIэ дыкъыщыфащ», — жеIэ Зарэ. «Арагъэнщ, дауи, зэщхьэгъусэхэр фыщызэрыцIыхуар?», — щыжыпIэкIэ, тIури гуапэу къыпогуфIыкI. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, къафэм ахэр зыпищIащ. Япэ дыдэу Къэралбийрэ Зарэрэ къыщызэдэфащ «Къуажэм и къафэ»-м, «Ислъэмей»-р илъэс 17-кIэ утыку кърахьащ, псоми щIэдзапIэ хуэхъуауэ къэплъытэ хъунур я «ХьэгъуэлIыгъуэ къафэ»-рщ. Щауэмрэ нысащIэмрэ я къафэр, Ульбашев Мутай игъэувауэ щытар, абыхэм екIуу ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ къэрал драмэ театрым щагъэлъэгъуат. Абы еплъыну кърихьэлIахэм яхэтат Мэлбахъуэ Тимборэ, ШэджыхьэщIэ Мухьэмэд, республикэм и нэгъуэщI лIыщхьэхэ- ри. Зарэ и гукъэкIыж — Сэ Африкэм тIэу сыщыIащ. ФIы дыдэу сигу къинэжахэм ящыщщ ар. ЗгъэщIэгъуат абыкIэ щыIэхэм я псэукIэри щIыпIэм и телъыджагъри. А щIыналъэм япэу щыттыну концертым щIимыдзэ щIыкIэ, хъыбар къыдагъэщIат зыкъэдгъэлъагъуэрэ цIыхухэр Iэгу тхуемыуэмэ, дыкъэмыуIэбжьыну, абыкIэ апхуэдэ зэрыщыхабзэр. Дыкъафэри дыувыжауэ дыщытт, псори щымт, ауэ итIанэ и кIэ дыдэхэмкIэ къыщыщIидзэу Iэгу, лъэгу теуэ макъыр къэIуащ, кIуэ пэтми нэхъ лъэщ къэхъуу. Дигухэр къызэрыгъуэтыжауэ адэкIэ дыкъэфауэ щытащ. Мароккорат япэ дыдэу дыздэщыIари, сфIэгъэщIэгъуэнахэм ящыщщ абыхэм я цIыхубзхэр псори щIэхъумауэ уэрамхэм зэрыдэтыр… Иджыри сытыт тфIэхьэлэмэтар? Я щхъуантIагъэхэр, удз гъэгъахэр. ЕтIуанэу Африкэм щытедгъэзам, КIэш Федор, Гъэсашэ Наталье, сэ Госконцертым щIыгъуу дагъэкIуауэ арат. Мыхъун Iэджи къыщытщыщI къэхъуащ хамэ къэралхэм дыщыкIуэхэм. Руандэ (Африкэм) щыIэ ди посольствэр къыдэджат кино драгъэплъыну. Жыжьэтэкъым дыздэкIуэн хуейри, лъэсу гъуэгу дытеуващ. Сумкэ дахэ цIыкIу абы къыщысщэхуауэ сIыгъти, илъэс 13 зи ныбжьын щIалэ гуэр къыкъуэжщ, ар сIэщIиудри ежьэжауэ щытащ. Си насыпти, си дэфтэрхэр дэлъатэкъым. Посольствэм дыщынэсам къытщыщIам и гугъу щахуэтщIым, «Кабардинка»-м фи мылъкур ирикъункъым абы и лъыхъуакIуэ къызэдгъэпэщмэ», — къыджаIат. Сщымыгъупщэжхэм ящыщщ дыгъэгъазэм и 30 махуэу, Африкэм дыздэщыIэм, дыкъэмыфэжыфу дыгъэм дызэрисауэ щытари. Къапщтэмэ, экваторыр дэ щэ зэпыдупщIащ. Нигерием концерт щыттыну дыщыкIуэм, зыри хыумылъагъукIыу уэшхышхуэ къешхат, дызэрыс автобусыр къэувыIэри ар зэтеувыIэжыхуи дыпэплъауэ щытащ. Нэхъ хьэлэмэтыжрат: етIуанэ пщэдджыжьым дыгъэ зытридзэ джабэ нэкIум IэпэдэупIэ имыIэу шындырхъохэр еп-щIауэ тест, уэшхышхуэм зыкърагъэлауэ. ДыщэкI ФатIимэ ди пшынауэу, сэ щIалэ пщыкIутIым сахэту, «Къамэзауэ къафэ» дгъэзащIэу мазитIкIэ дыкъыщыфат Германием. УэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Лайферовэ Марцеллэ Къэбэрдейм къытхуеблэгъауэ щытащ. Ари ныбжьэгъу тхуэхъуауэ илъэс IэджэкIэ дызэнэIуасэу къекIуэкIащ. Сыту куэд щIа абы лъандэрэ. Сыкъызэралъхурэ сыкъэмыфауэ сщIэжыркъым — 1965 гъэм Москва и Кремль уардэунэм ансамблым зыкъыщигъэлъэгъуауэ, УФ-м щэнхабзэмкIэ и министру а зэманым щыта Фурцевэ Екатеринэ къыхигъэщат гупым и хорыр тIэкIу нэхъ зэрымахэр, ауэ къэфакIуэхэм я лъэщагъым шэч къызэрытримыхьэр. Ефэнды Джылахъстэн абы жиIам тету, хорыр радиом хигъэхьэжат. КъэфакIуэ гупым нэхъыфIхэр къыхашщ, нэгъуэщIхэри кърашалIэри, алъандэм гъуэгуанэфI къызэпичащ, «академическэ» цIэ лъапIэри и гуащIэм къыхуагъэфэщащ, — пещэ Къэралбий. Республикэм икIыу ар япэ дыдэу къэфакIуэ здэкIуар Сыбырырщ, Златоуст къалэрщ. 1967 гъэм комсомолым и ЦК-м и щIалэгъуалэ IуэхущIапIэхэмкIэ комитетым «Кабардинка»-м и цIыхуищ, Къуэдз Iэубэчыр, Асей Светланэ, ДзыхьмыщI Къэралбий, Суданым ягъэкIуауэ щытащ. 1968 гъэм Африкэ Ищхъэрэм и къэралиплI — Марокко, Алжир, Тунис, Ливие — зыщIагъэхьащ гупым. КъызэралъытэмкIэ, хамэ къэрал кIуэнымрэ ансамблым и пщIэмрэ зыщиIэт хъуар а зэманым тохуэ. Къэралбий и гукъэкIыжхэм хэтщ 1972 гъэм къэфакIуэ гупыр Австралием щыIэ Тасмание хытIыгум зэрыщыIар, абы зэрыщагъэхьэщIар. «Iэхъуэ къафэ» диIэти, ар 8, «Къафэ»-р 6 щыдгъэлъэгъуэжат абы къыдэлъэIуурэ, — къыддогуашэ Къэралбий. — Къызыщывгъэхъут, концерт нэужьым апхуэдизрэ иджыри утыку ущаIыгъыжыну. ДаутIыпщыну хуейтэкъым цIыхухэм, я тепкIэ макъыр уафэгъуагъуэм хуэдэу утыкумкIэ къакIуэрт… Дыздеблагъэ щIыпIэхэм къыщызэупщI щыIэт «сыт хуэдиз хъуауэ укъафэрэ», жаIэу. Согупсысри, сыкъызэралъхурэ сыкъэмыфауэ сщIэжыркъым». «Кабардинка»-р, Къэралбийрэ Зарэрэ хэту, Латин Америкэм и къэрал 11-м щыIащ. КъыкIэлъыкIуэу ЕвропэмкIэ: Германие, Польшэ, Чехославакие; мыдэкIэ — Иордание, Сирие, нэгъуэщI къэралхэми ансамблым зыкъыщигъэлъэгъуащ. Къэралбий игу къегъэкIыж Доминикан Республикэм (Латин Америкэм) къэфакIуэ гупыр зэрыщыIар. «Совет Союзым и цIыху а щIыналъэм зэи имыхьауэ, дэ япэу дыкIуауэ щытащ. Абы дызышар Тайзлер Тамарэти, абы, хьэрычэтыщIэ зэкъуэшитIым дыкъыщыIахыжри, дыщылэжьауэ щытащ. Ди етIуанэ концертым зыкърагъэхьэ-лIат а республикэм и президент Хоакин Балагер, нэгъуэщI лIыщхьэ гуп. ИкъукIэ щытхъушхуэ къытхуищIауэ щытащ Iэтащхьэм. «Илъэс бжыгъэ хъарзынэ къэзгъэщIащи, мыпхуэдэ къэфакIуэ гупым зэи срихьэлIакъым. ЗэрыжаIэмкIэ, Совет Союзышхуэм зы къэралыгъуэ цIыкIуу ису аращ мыбы къэкIуа цIыхухэри, апхуэдэ гъуазджэ лъагэ яIэу къыщIэкIауэ ар сыту хьэлэмэт!», — жиIат Хоакин. Къэралбий къызэриIуэтэжымкIэ, «Кабардинка»-р Австралием щыкIуам Урысейм и лIыкIуэу абы щыIэм жиIэгъат: «ИлъэсиплIым къриубыдэу къэралитIым яку зэпыщIэныгъэ дэтлъхьам нэхъыбэ къэфакIуэ гупыр зэрыщыIа тхьэмахуитIым, яхузэфIэкIауэ къысщохъу». — Суданым дыщыIэу, — жеIэ Къэралбий, — концерт нэужьым зыдгъэпсэхурт. Посольствэм щыщ цIыху гуэр къытхуокIуэри къыджеIэ адыгэ щIалэ Хъутатхэ Джэмал и деж дызэрыригъэблагъэр. Дыздаша пщIантIэ мыиным и куэбжэпэм я кIэрахъуэр гъэпкIауэ щIалитI щытт. Ар сыт хьэлэмэтт, адыгэ щIалэ деж апхуэдэ щыплъагъуну! Деблэгъа нэужь, цIыхубз фIыцIэм сабий игъэбэяууэ щыту, абы нэгъуэщI зы цIыхубзи бгъэдэту даIуощIэ. «Сэлам алейкум», — жиIэри къытпежьащ езы Джэмали. Iэджэ гъэщIэгъуэн дыщIигъэдэIуат а лIым. КъызэрыщIэкIамкIэ, ар Иорданием и лIыкIуэу Суданым щыIэу арат. ИкъукIэ цIыхушхуэт абы и къуэш нэхъыжьри — генералт. ИужькIи дыхуэзэжащ Джэмал. Абы щыгъуэми екIурэ ещхьу дигъэхьэщIат. Къэбгъэлъагъуэмэ, а зэманым Иорданием и лIыкIуэу къэрал псоми щыIэм я процент 50-р адыгэу жаIэрт. Сирием ныбжьэгъу щызиIэщ зэман куэд лъандэрэ дызэрыщIэу, уеблэмэ къуэш дызэрыгъэхъуауэ. Ар а къэралым дыщыкIуам щыгъуэ, абы щыIэ Адыгэ Хасэм къыбгъэдэкIыу тщIыгъуауэ арат. Езэш имыIэу къытхэтт ар сыт щыгъуи. Идрис Мухьэмэд-Яшар — арат зэреджэр. Абы Сирием щигъэлажьэрт къэфакIуэ ансамбль, Африкэм, КъуэкIыпIэ Гъунэгъум, нэгъуэщI щIыпIэхэми зыкъыщагъэлъагъуэу. ЗэманкIэ зи гугъу сщIыр 1969 гъэм хуозэ. Къуэш схуэхъуа Мухьэмэд-Яшар Къэбэрдейми къакIуэри мазэкIэ щыIауэ щытащ, и къэфэкIэм хигъахъуэу. Иджыпсту ар Сирием щекIуэкI зауэм къыхэнащ. Дэфтэрхэри иIэт икIи къэкIуэжыфынут, ауэ и шыпхъу закъуэмрэ анэмрэ къигъанэ хъунутэкъым. Зи гугъу тщIы цIыхухэри щIыпIэхэри къызэрытцIыхуар зи фIыщIэр «Кабардинка» ансамблращи, ар ди дежкIэ лъапIэщ». 1976 гъэ Зарэрэ Къэралбийрэ. 2013 гъэ ДзыхьмыщIхэ я щIэблэр. 2007 гъэ Унагъуэ насып Аракъэ гъащIэм щынэхъыщхьэр?! А насыпыр ДзыхьмыщIхэ я унагъуэм илъын папщIэ, зытетыр адыгэ хабзэрщ. «ЗэрытлъэкIкIэ, абы дебакъуэкъым, нэхъыжьым пщIэ худиIэу, нэхъыщIэр зэрыдгъэгушхуэным, зэрыдущииным дытету аращ», — дыщIегъу Къэралбий. Адэ-анэр гъуазджэм и курыкупсэм хэтауэ, и фIыпIэр нэсу зыхащIэу щыщыткIэ, къыщIэхъуэ щIэблэри дихьэх хабзэщ абы. Къэралбийрэ Зарэрэ япхъу нэхъыжьым бухгалтер IэщIагъэр къыхихами, я щIалэр — Аслъэн, «Кавказ пшэплъхэр» ансамблым и балетмейстерщ, нэхъыщIэ Данэ «Балкария» къэфакIуэ гупым и пшынауэщ. Къыхэгъэщыпхъэщ, Данэ щеджэм щыгъуэ лъэпкъ макъамэ IэмэпсымэхэмкIэ Санкт-Петербург щекIуэкIауэ щыта зэпеуэм (цIыху 1053-рэ хэтат) и лауреат зэрыхъуар. КъинэмыщIауэ, я нысэри илъэс куэд хъуауэ «Кабардинка» ансамблым хэтщ, нэхъыжьыфIхэм я къуэ- рылъху-пхъурылъхухэми къафэ гъуазджэр я хамэкъым. «Ди щIэблэрщ дызыгъэгушхуэри плъапIэу диIэри», — жаIэ зэщхьэгъусэхэм. Зытхыжар БАГЪЭТЫР Луизэщ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30659.txt" }
Нэгузыужьу ирагъэкIуэкI Ди республикэм щынэхъыфIхэм хабжэ Дзэлыкъуэ районым щыIэ «Нэхущ пшэплъхэр» гъэмахуэ лагерым и ещанэ зэблэкIыгъуэм щIидзащ. ЦIыкIухэр мыбы зэрыщыIэну зэманым къриубыдэу я нэгу зрагъэужьынущ: мэзхэм, псыхъуэхэм яшэнущ, дыкъэзыухъуреихь дунейм и щэху куэдым щыгъуазэ хуащIынущ. Лагерым щолажьэ спортымкIэ, щIыуэпсымкIэ, IэпщIэлъэпщIэнымкIэ гупжьейхэр. Абы екIуалIэ цIыкIухэр хэдыкIым, пхъэибзэм хуагъасэ, спортым дихьэххэм папщIэ футбол щыджэгу губгъуэхэр, волейбол джэгупIэхэр яIэщ. Сабийхэр лагерым къыщыкIуа япэ махуэхэм мафIэс къэмыгъэхъуным теухуа дерсхэр драгъэкIуэкIащ. КъищынэмыщIауэ, цIыкIухэр ирагъэплъащ художественнэ самодеятельностым хэт артист ныбжьыщIэхэм я концерт. Шэрэдж Дисэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30666.txt" }
КъикIуэтыну зыри хуейтэкъым Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и гуп нэхъыщхьэм джэгугъуитI щызэхэтащ. Иужьым щызэхуэзат пашэныгъэр зэхьэзэхуэм щызыIыгъ «ЛогоВАЗ»-мрэ абы ерыщу къыкIэлъеIэ «Бахъсэнымрэ». Бжьыпэр зыIыгъхэм я зэпэщIэтыныгъэр гуащIэу екIуэкIащ — къикIуэтыну зыри хуейтэкъым. Топ тIурытI зым адрейм щыхудигъэкIри, ахэр зэрытемыгъэкIуауэ Бахъсэн щызэбгъэдэкIыжащ. Пашэхэр зэныкъуэкъухукIэ абыхэм «Кэнжэр» къалъэщIыхьэжащ. «Шагъдийр» хигъэщIэн папщIэ, ар зы топ закъуэми ирикъуащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и чемпиону зэрыщытыр псоми къаригъэщIэжащ «Автозапчасть»-м. Абы топи 10 зэуэ щхьэлыкъуэдэсхэм яхудигъэкIащ, езым и гъуэр къабзэу къигъанэри. Иужь джэгугъуитIым зыбжанэрэ къыщыхэжаныкIри, гъуащхьауэхэм я зэпеуэм бжьыпэр щиубыдащ «ЛогоВАЗ»-м и пашэ Мокаевым. Ар зы топкIэ япэ ищащ «Къэбэрдейм» щыщ Жэбэтырым. Иджы фыщыдгъэгъуэзэнщ Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и чемпионатым иужьу щекIуэкIа зэIущIэхэм къарикIуахэм. Мис ахэр: тIощIрэ езанэ джэгугъуэ — «Прохладнэ» (Прохладнэ) — «Эльбрус» (Тырныауз) — 3:0, «Ислъэмей» (Ислъэмей) — «Автозапчасть» (Бахъсэн) — 3:3, «ДЕР» (Щхьэлыкъуэ) — «Кэнжэ» (Кэнжэ) — 3:5, «ЛогоВАЗ» (Бабугент) — «Тэрч» (Тэрч) — 7:1, «Къэбэрдей» (Шэрэдж Ищхъэрэ) — «СК-Союз-Сэрмакъ» (Сэрмакъ) — 5:3, «Спартак-Д» (Налшык) — «ГидроЭС» (Налшык) — 3:4, «Шагъдий» (Налшык) — «Къэхъун» (Къэхъун) — 3:2, «Велес» (Къэрэгъэш) — «Бахъсэн» (Бахъсэн) — 3:5, «Шэджэм-2» (Шэджэм ЕтIуанэ) — «Нарт» (Нарткъалэ) — 2:3; тIощIрэ етIуанэ джэгугъуэ — «Эльбрус» — «ГидроЭС» — 1:3, «Бахъсэн» — «ЛогоВАЗ» — 2:2, «Кэнжэ» — «Шагъдий» — 1:0, «Тэрч» — «Шэджэм-2» — 6:1, «Къэхъун» — «Велес» — 1:1, «Автозапчасть» — «ДЕР» — 10:0, «СК-Союз-Сэрмакъ» — «Ислъэмей» — 3:2, «Прохладнэ» — «Къэбэрдей» — 4:1. Хьэтау Ислъам.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30668.txt" }
Сыт щIаукIыр? Ди къарузехьэхэм я пIэ кърамыгъэкIыу яукI здэщыIэр къахута бзаджащIэхэр. Абы щыгъуэми, КъухьэпIэм террористхэр щаукIыр нэгъуэщI Iэмал щимыIэжыххэм дежщ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, апхуэдэхэм езыхэм зэгухьэныгъэм къадыхэтхэм я цIэхэр къраIуэфынущ, нэгъуэщI куэди къыпкърахыфынущ… Рыжов Иван. Воронеж — ПIалъэ кIыхькIэ спецназым Кавказым нэхъ къыщищтэу щытащ закъыпэщIэзысэ террористхэр зэуэ зэтриукIэныр. Щхьэусыгъуэр зыт: щIэпхъаджащIэ куэд мыгувэу дунейм хуиту къытехьэжынут, — къыджиIащ Къэрал Думэм ШынагъуэншагъэмкIэ, коррупцэм пэщIэтынымкIэ и комитетым и унафэщIым и къуэдзэ Хинштейн Александр. — Присяжнэхэм я судым террористхэр хуит къыщищIыж къэ- хъуащ. Псалъэм и хьэтыркIэ, Беслъэн хьэкIэкхъуэкIагъэ хэлъу школыр щызыубыдахэм ящыщу плIыр нэхъапэм яу-тIыпщыжауэ щытащ, бзаджэнаджагъэр ялэжьыным зы мазэ фIэкIа имыIэжу. Иджы суд зыщIэр зи IэщIагъэм куууэ хэзыщIыкIхэрщ икIи абы и лъэныкъуэкIэ дыщIэгузэвэн щыIэкъым. Сэ къызолъытэ мэзылIхэр псэууэ къаубыду зыхуеину хъыбархэр кърагъэIуатэмэ нэхъыфIу. КИФЩI-м и щэхурылажьэ IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм ящыщ зым «АиФ»-м къыжриIащ щIэпхъаджащIэхэр псэууэ яубыдыну щIыхуэмейр: «Абыхэм ядэIэпыкъу коррупционерхэр хэIущIыIу ямыщIын щхьэкIэщ». Мэхъэч- къалэ и Iэтащхьэ Амировыр ягъэтIысащ бзаджащIэ гупхэм я унафэщIхэм ящыщ Гучучалиев Сираждин и фIыгъэкIэ, — къыхигъэщхьэхукIащ ди псэлъэгъум.- Апхуэдэ щIыкIэкIэ сэтей къэхъуащ къалэ унафэщIыр зи Iэтащхьэ щIэпхъаджащIэ гупышхуэр. Куэдрэ Кавказым ущрохьэлIэ щIэпхъаджащIэхэр властыр зыIыгъхэм быдэу ядэлажьэу, «Iуэхутхьэбзэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ къахуэупсэу. ЯукI нэхърэ боевикхэр лъэхъуэщхэм ирагъэлIыхьыныр нэхъ къозэгъ». «Аргументы и факты»
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30671.txt" }
Къэжэр Альберт Хьэту и къуэр Къэбэрдей-Балъкъэрым хьэщIыныгъэшхуэ игъуэтащ. 2013 гъэм шыщхьэуIум и 14-м автомобиль зэжьэхэуэм хэкIуэдащ политикэ, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIэкIэ Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым хэт Къэжэр Альберт Хьэту и къуэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым исхэм а хъыбар гузэвэгъуэр ягу щIыхьащ. Дунейм ехыжащ гушхуэ, псэ къабзэ зиIа, зи IэщIагъэм хуэIэкIуэлъакIуэу щыта цIыхур. Къэжэр Альберт Хьэту и къуэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыщ Тырныауз къалэм 1965 гъэм щIышылэм и 8-м къыщалъхуащ. Абы курыт еджапIэр 1982 гъэм КъБР-м щыщ Аруан районым хыхьэ Старэ Лэскэн къуажэм къыщиухащ. Шэшэн-Ингуш АССР-м щыщ Сурхажинскэ полупроводник Iэмэпсымэ заводым ухуэныгъэмкIэ и IэнатIэм и рабочэу лэжьэн щIидзащ. 1983 — 1985 гъэхэм совет армэм и гъущI гъуэгу дзэхэм къулыкъу щищIащ. Ломоносов М. В. и цIэр зэрихьэу Москва дэт къэрал университетым и юридическэ факультетыр 1993 гъэм къиухащ. А еджапIэ дыдэм и диссертацэр щыпхигъэкIри, политикэ щIэныгъэхэм я кандидат хъуащ. ЕтIуанэ щIэныгъэ нэхъыщхьэр абы щызэригъэгъуэтащ Къэрал къулыкъумкIэ Урысей академием. 1994 гъэм щегъэжьауэ Москва къалэм и уэчылхэм я коллегием хэтащ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Президентым и кандидату 2002 гъэм екIуэкIа хэхыныгъэхэм хэтащ. 2006 гъэм ар «КъБР-м Инвестицэхэмрэ зыужьыныгъэмкIэ и агентствэ» акционер зэгухьэныгъэ зэIухам и унафэщIхэм я советым хагъэхьащ. А илъэсым и щэкIуэгъуэ мазэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Президентым и Администрацэм и УнафэщIу ягъэуващ. 2009 гъэм КъБР-м и Парламентым и еплIанэ хэхыгъуэм и депутату хахащ. мыгувэу, накъыгъэ мазэм, ФедерацэмкIэ Советым сенатору ягъэкIуащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал властым законхэр къыдэзыгъэкI и органым и сэбэп зыхэлъхэр пхигъэкIын папщIэ. Къэжэр А. Хь. и профессиональнэ, жылагъуэ-политикэ лэжьыгъэр, зэрыщыту и гъащIэр лъэпкъым, республикэм, къэралым яхуэпэжу щытыным и щапхъэ нэсщ. Щалъхуа Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэхъуеиншэу фIыуэ илъагъурт, абы къарууэ иIэр ехьэлIауэ телажьэрт, езым и лъэпкъэгъухэм, ахэр дэнэ щIыпIэ щыIэми, зэрадэIэпыкъуным ху-щIэкъурт. Иужьрей зэманым Къэжэрым куэд илэжьащ нэгъуэщI къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр къешэлIэжыным и лъэныкъуэкIэ икIи абыхэм ящыщ зыбжанэм я адэжь щIыналъэр ягъуэтыжынымкIэ защIигъэкъуащ. Сыт хуэдэ къулыкъу пэрытами, Къэжэр Альберт зыкъигъэлъэгъуащ зэфIэкIышхуэ зыбгъэдэлъ IэщIагъэлIу, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэм пэжкIэ яхуэлажьэ унафэщI IэкIуэлъакIуэу. Къэжэр Альберт Хьэту и къуэр — цIыху пэжыр, ныбжьэгъу нэсыр — дэ зэи тщыгъупщэнкъым. Къанокъуэ А.Б., Чеченов А.А., Хьэсанэ Р.ТI., Вербицкий А.И., Къуэшырокъуэ З.Къ., Амщокъуэ Ф.Къ., Ажахъуэ Къ.М., Беппаев С.У., Бечелов И.Б., Быф А.Ж., Бозий Н.М., Васильев Ю.В., Вэрокъуэ В.Хъ., Геккиев З.Д., Гриневич В.В., Дзасэжь Хь.У., Ещыгуауэ Р.Щ., Жаным Р.М., Зумакулов Б.М., Иуан П.М., Къаздэхъу А.Б., Канунников А.Д., Къарэмырзэ Б.С., Къармокъуэ Хь.М., Кебеков Вл.С., Кебеков В.С., Къуэдзокъуэ М.М., Марьяш И.Е., Несутулов В.Г., Пащты Б.С., Рахаев А.М., Саенкэ Т.В., Сэхъурокъуэ Хь. Хь., Тау П. Къ., Тхьэгъэпсо Хь. Хь., Уянаев Къ.Хь.-М., Фырэ Р.Б., Хъурей Ф.А., ХьэфIыцIэ М.М., Черкесов Г.М., Щыхьмырзэ М.М., Шэт И.М., Щоджэн М.М., Щхьэгуэш А.Л. *** Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и депутатхэмрэ КъБР-м и Парламентым и Аппаратым и лэжьакIуэхэмрэ гущIыхьэ ящыхъуащ УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым хэт Къэжэр Альберт Хьэту и къуэр гуузу зэрыхэкIуэдар икIи абы и Iыхьлыхэмрэ и благъэхэмрэ яхуогузавэ. *** Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен и деж ПщIэшхуэ зыхуэтщI Къанокъуэ Арсен Башир и къуэ! Адыгэ лъэпкъым и бын пажэхэм ящыщ зы цIыху хэкупсэ-лъэпкъыпсэ, КъБР-м и лъэпкъ лIыкIуэ Къэжэр Альберт зэрыхэкIуэдам теухуауэ къытIэрыхьа хъыбар гузэвэгъуэм ди гур зэригъэузар къытхуэмыIуэтэным хуэдизщ. Дунейм ехыжа ди къуэш лъапIэм дыхуолъаIуэ Тхьэм гущIэгъу къыхуищIыну, зыдэкIуам щигъэтыншыну, жэнэт лъапIэр къыхуигъэфэщэну. Абы и унагъуэм, иужь къина щIэблэм, зэрыщыту Къэбэрдейм дахуогузавэ. И ужьыр псоми махуэ фхухъу, фIыкIэ куэдрэ Тхьэм фыкIэлъигъэпсэу. КАФФЕД-м и тхьэмадэ Шыгъэлыгъуэ Уаджид. Анкара, 2013 гъэм шыщхьэуIум и 14-м *** Дунейпсо Адыгэ Хасэм, Къэбэрдей, Адыгей, Шэрджэс, Шапсыгъ, Мэздэгу Адыгэ хасэхэм, КъБР-м щылажьэ адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я ЗэзыгъэуIу Советым хэтхэм, Европэм щылажьэ хасэхэм я федерацэм, Иорданием, Сирием щыIэ Адыгэ ФIыщIэ Хасэхэм гущIыхьэ ящыхъуащ Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэ хуэсым ФедерацэмкIэ и Советым КъБР-м и лIыкIуэу хэт Къэжэр Альберт Хьэту и къуэр автомобиль зэжьэхэуэм зэрыхэкIуэдар икIи дунейм ехыжам и унагъуэм, и Iыхьлы-благъэхэм яхуогузавэ. «Сирием щекIуэкI зауэм и гузэвэгъуэр нэхъ зытещIэ цIыху мамырхэр а мафIэм къыхэшыным, ди лъэпкъэгъухэм я адэжь щIыналъэхэр псэупIэ яхуэхъужыным зи къару куэд езыхьэлIа хэкупсэ щыпкъэм и дуней тетыкIар, и IуэхущIафэ дахэхэр зэи дигу ихункъым. Гуауэшхуэр Къэжэрхи, зэрыщыту адыгэ лъэпкъми IэтыгъуафIэ Тхьэм ящищI», — итщ лъэпкъ зэгухьэныгъэхэм я унафэщIхэм ДАХ-м и IуэхущIапIэм къагъэхьа телеграммэхэм.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30679.txt" }
Нобэ Тыва Республикэм и махуэщ Индие Республикэм и лъэпкъ махуэшхуэщ — щхьэхуит зэрыхъуар (1947 гъэм) егъэлъапIэ. Корее Республикэм и лъэпкъ махуэшхуэщ — КъэщIэрэщIэжыныгъэм и махуэщ. Мы гъэм и мэлыжьыхьым и 21-м Парагвай Республикэм и президенту хаха Орасио Мануэль Картес Хара и къулыкъум пэроувэ. 1945 гъэм маршал Жуков Георгий «ТекIуэныгъэ» орденыр етIуанэу иратащ. Адыгей усакIуэ Теувэж Дзыгъуэ къызэралъхурэ илъэси 158-рэ ирокъу. Совет тхакIуэ, «Псей цIыкIу мэзышхуэм къыщыкIащ» усэ цIэрыIуэр зытха Къудащ Раисэ (1878 — 1928) къызэралъхурэ илъэси 135-рэ ирокъу. ТхакIуэ, полковник КIыщокъуэ Рашид къызэралъхурэ илъэси 106-рэ ирокъу. СурэтыщI, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Щхьэцэ Владимир и ныбжьыр илъэс 73-рэ ирокъу. КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Мэкъуауэ Хьэсэн и ныбжьыр илъэс 72-рэ ирокъу. СурэтыщI-график Горлов Михаил и ныбжьыр илъэс 59-рэ ирокъу. ХьэрычэтыщIэ, Москва щылажьэ «Чесико» фирмэм и унафэщI Шэрджэс Мухьэрбий и ныбжьыр илъэс 58-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 26 — 27-рэ, жэщым градус 19 — 21 -рэ щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30687.txt" }
Бгыщхьэ лъагэр Iуащхьэмахуэщ, щIэгъэкъуэни ар хуэмей «Iуащхьэмахуэ щхьэкIэ Iэ Iэт» Iуэху дахэр Iэтауэ щрагъэкIуэкIащ Шэджэм районми. ЩэнхабзэмкIэ унэм и гупэ къит утым цIыху 300-м щIигъу щызэхуэсат Европэм щынэхъ лъагэ дыдэ бгым папщIэ Iэ яIэтыну, районым щыпсэухэм иджыри зэ ягу къагъэкIыжу ди насып Iуащхьэр ипэкIэ ягъэкIуэтэну. «ТIэкIу зыдгъэгувами, иджыри Iэмал диIэщ ди жыджэрагъыр къэдгъэсэбэпу Iуащхьэмахуэ хуэфащэ увыпIэ зэхьэзэхуэм къыщедгъэхьыну», — жиIащ Шэджэм район администрацэм ЩIыпIэ самоуправленэмкIэ и советым и Iэтащхьэ Уэдыжь Хьэсанш. Iэ Iэтым теухуа хъыбархэр зэрыт, смс зэрыптхыну щIыкIэхэр къы-щыгъэлъэгъуа тхылъымпIэ напэ цIыкIухэр а махуэм ягуэшащ «Урысей зэкъуэт» политикэ партым и щIыпIэ къудамэм и щIалэгъуалэ гупым. Я хэкум, лъахэм хуаIэ лъагъуныгъэр къагъэлъэгъуэну Iэмал иратащ асфальтым сурэт тещIыхьынымкIэ зэпеуэм хэта цIыкIухэми. Абыхэм ябгъэдэлъ зэфIэкIыр нэхъыбэу наIуэ зэращIар, дауи, Iуащхьэмахуэ и теплъэмкIэщ. ЩэнхабзэмкIэ унэм зыщызыгъасэ артист ныбжьыщIэхэр зыхэта концертри гъэщIэгъуэн хъуат, къызэхуэсахэми я гукъыдэжыр гъунэншэт. Дохъушокъуэ Синэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30690.txt" }
КъБР-м и Iэтащхьэр хэкIуэдахэм я унагъуэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ яхуогузавэ Нобэрей махуэр хъыбар гуауэкIэ едгъэжьащ — гъуэгум къыщыхъуа нэщIэбжьэм хэкIуэдащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIэкIэ Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым хэт Къэжэр Альберт Хьэту и къуэмрэ абы и шоферымрэ. Апхуэдэ гуауэр Iэтыгъуейщ, ар нэхъри къыптрегъэхьэлъэ зи къару илъыгъуэ цIыхур зыми щымыщу зэрыхэкIуэдам. Альберт апхуэдэ цIыхут, емызэшу, лэжьыгъэм и гур етауэ — щалъхуа Къэбэрдей-Балъкъэрыр фIыуэ илъагъурт, абы и Iуэхур дэгъэкIыным зэфIэкIыу иIэр ехьэлIауэ телажьэрт, и лъэпкъэгъухэм, ахэр дэнэ щIыпIэ щыIэми, я гугъуехьхэр зэращхьэщиIэтыкIыным хущIэкъурт. Сэ фIыуэ къызгуроIуэ иджыпсту абы и унагъуэм, и Iыхьлыхэмрэ и благъэхэмрэ я гум щыщIэр икIи, зэрыгурыIуэгъуэщи, абыхэм защIэзгъэкъуэну, сыт хуэдэ лъэныкъуэкIи садэIэпыкъуну сыхьэзырщ. Си гум къыбгъэдэкIыу абыхэм сахуогузавэ. Къэжэр Альберт дэ дигу къинэнщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуэ пэжу. Гузэвэгъуэр ялъэIэсащ сенаторым и шофер Жыкъуэ Хьэсэнбий Къэралбий и къуэм и унагъуэми. Игъуэджэу кIуэда щIалэм и щхьэгъусэмрэ и къуэмрэ дахуогузавэ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Унафэ 2013 гъэм шыщхьэуIум и 14-м №102-РГ Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым хэт Къэжэр Альберт Хьэту и къуэр гуузу зэрыхэкIуэдам къыхэкIыу ар щIэлъхьэнымкIэ комиссэ къызэгъэпэщын мы къыкIэлъыкIуэхэр хэту: Чеченов А. А. — Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и УнафэщIыр (комиссэм и унафэщIщ) Къуэдзокъуэ М. М. — Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэр (комиссэм и унафэщIым и къуэдзэщ) Амщокъуэ Ф. Къ. — Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Профсоюз организацэхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщIыр Бозий Н. М. — Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэр Вербицкий А. И. — Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэм и аппаратым Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къегъэщIылIа и федеральнэ инспектор нэхъыщхьэр Дзасэжь Хь. У. — Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и тхьэмадэр Зумакулов Б. М. — ЦIыхум и хуитыныгъэхэмкIэ уполномоченнэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэр Къалэ З. А. — Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я Iуэхухэр зезыгъакIуэр Къарэмырзэ Б. М. — «Бэрбэч Хь.М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университет» профессиональнэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ щрагъэгъуэт федеральнэ къэрал бюджет IуэхущIапIэм и ректорыр Къуэшырокъуэ З. Къ. — Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэр Кебеков В. С. — Лэскэн муниципальнэ районым и щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэр Несутулов В. Г. — Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым Экологиемрэ щIыуэпсыр къэгъэсэбэпынымкIэ и комитетым и унафэщIыр Рахаев А. И. — «ГъуазджэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институт» профессиональнэ щIыныгъэ нэхъыщхьэ щрагъэгъуэт федеральнэ къэрал бюджет IуэхущIапIэм и ректорыр Фырэ Р. Б. — Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щэнхабзэмкIэ и министрыр Шэт И. М. — Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм узыншагъэр хъумэнымрэ курортхэмкIэ и министрыр. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30695.txt" }
Гъэшу тонн мин 200-м, лыуэ тонн мин 40-м нэблагъэ Къэбэрдей-балъкъэрым гъэш нэхъыбэ къыщызылэжьыр Дзэлыкъуэ районырщ. Республикэм СтатистикэмкIэ и къэрал IуэхущIапIэм къызэритамкIэ, мы гъэм и япэ мазихым куейм и хозяйствэхэм тонн мин 36-рэ къыщашащ. Ар псори зэхэту республикэм къыщалэжьым и процент 18-м щIегъу. Тонн мин 30,4-рэ тонн мин 21,4-рэ къыщаша Бахъсэн, Шэджэм районхэр абы кIэлъокIуэ. Былымылымрэ джэдкъазылымкIэ прохладнэдэсхэр бжьыпэм щытщ. ЩIышылэ -мэкъуауэгъуэ мазэхэм къриубыдэу тонн мини 10,6-рэ е республикэм къыщалэжьым и процент 27-м нэблагъэ IыхыпIэм иритащ. Аруан, Бахъсэн районхэм къыкIэлъыкIуэ увыпIитIыр яIыгъщ. Абыхэм тонн мини 6,5-рэ, тонн мини 5,6-рэ къащыхэхъуащ. Псори зэхэту Къэбэрдей-Балъкъэрым и хозяйствэхэм гъэшу тонн мин 200-м, былымылрэ джэдкъазылу тонн мин 40-м нэблагъэ мазихым къалэжьащ. Самченкэ Светланэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30697.txt" }
Къэралыгъуэм и махуэм деж Белэ Речкэ поселкэм и Цемент завод хьэблэ цIыкIум узышэ «Налшык-Цемзавод» автомобиль гъуэгур нэрылъагъуу йофIакIуэ. ЦIыхухэр зыгъэпIейтей гъэтIылъыпIэ зимыIэ Iуэхугъуэхэр нэхъ жыджэру зэфIэхын зэрыхуейм теухуауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен ищIа пщэрылъхэр игъэзащIэу, ТранспортымкIэ, связымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ министерствэм къэрал зэгурыIуэныгъэ зрищIылIа МДСУ №2 генподряд организацэм зэраубзыхуам ткIийуэ тету лэжьыгъэр къызэрегъэпэщ. Мы гъэмахуэм ухуакIуэхэм Iуэхушхуэ зэфIагъэкIащ икIи егугъуу зэрагъэпэщыжа а гъуэгур хьэблэ цIыкIум щыпсэухэмрэ Белэ Речкэ къуажащхьэм пекIуэкI маршрут №25-м тет шоферхэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэралыгъуэм и махуэм — фокIадэм и 1-м — ирихьэлIэу тыгъэ хуащIыну траухуащ. Накъыгъэ мазэм щIадзэри, шыщхьэуIум ирихьэлIэу гъуэгуу километри 4,5-м асфальт-бетон зэхэлъыр щIэрыщIэу тралъхьащ. Лэжьыгъэ псори министерствэм и нэIэм щIэту ирагъэкIуэкI. Гъуэгум и лъабжьэр зэрызэхуагъакIуэ мывэ зэтеудамрэ асфальт-бетон зэхэлъымрэ я фIагъыр зыхуэфащэ тхылъкIэ щIэгъэбыдащ. КъищынэмыщIауэ, Белэ Речкэ къуажэм Биттировым и цIэкIэ щыIэ уэрамым и лъэс гъуэгухэри дэдзыхыпIэхэри зыхуей хуагъазэ. Къахуэнэжар зэпрыкIыпIэхэр гъэбелджылынымрэ гъуэгу дамыгъэщIэхэр гъэувынымрэщ. «Налшык-Цемзавод» гъуэгур фокIадэм и 1-м ирихьэлIэу гуфIэгъуэ щытыкIэм иту къызэIуахынущ. КЪУМЫКЪУ Мадинэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30699.txt" }
Япэ хэхъуэр — и пIалъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым хьэцэпэцэр кIэрыхуншэу щыIуахыжащ. Нэгъаби хуэдэу, хьэр, гуэдзыр, зэнтхъыр гектар мин 84-м къыщрахьэлIэжащ, дэтхэнэми ику иту центнер 30 къытрахащ. Псори зэхэту тонн мин 253-м нэблагъэ къыщIаIукIащ. Ар гъэ кIуам елъытауэ проценти 3,6-кIэ нэхъыбэщ. Дунейр уэфIу къехъулIэмэ, нартыху пасэмрэ гибрид жылапхъэхэмрэ шыщхьэуIум и 20-хэм Iухыжын щIадзэнущ. Мы гъэм а къакIыгъэм гектар мини 123-рэ, е нэгъабэ нэхърэ процент 15-кIэ нэхъыбэ, хухахащ. КъБР-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30701.txt" }
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен Кавказ Ищхъэрэм и щIалэгъуалэм я «Мэшыкъуэ-2013» зэхыхьэшхуэм хэтхэм зэрызахуигъэзар Ныбжьэгъу лъапIэхэ! Кавказ Ищхъэрэм и щIалэгъуалэм я «Мэшыкъуэ-2013» зэхыхьэшхуэм хэт псоми си гуапэу сэлам фызох. ЗэкIэлъхьэужьу илъэсиплI лъандэрэ, хабзэ хъуауэ, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и субъектхэмрэ ди къэралым и адрей щIыналъэхэмрэ ящыщу жэрдэмрэ зэфIэкIрэ зыхэлъ щIалэгъуалэм Псыхуабэ къалэр тхьэмахуитIкIэ я зэхуэсыпIэ мэхъу. «Мэшыкъуэр» зыхуэбгъэдэн щымыIэ еджапIэщ икIи абы зэкъуегъэувэ къызыхэкIа лъэпкъымрэ зэрыт динымкIэ, дэзыхьэх Iуэхухэмрэ зыхущIэкъухэмкIэ зэхуэмыдэ щIалэрэ хъыджэбзу минхэр. Мы зэхыхьэр зыфIэгъэщIэгъуэнхэр гъэ къэс нэхъыбэ мэхъу. Абы и щыхьэтщ зэIущIэм хэтынухэм я бжыгъэр цIыху мини 3-м зэрынэсар. Мы зэхыхьэм фэ унэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр зиIэ проектхэр экспертхэм я пащхьэ къыщифлъхьэнущ, фи гупсысэхэр пхывгъэкIыфу зыщевгъэсэнущ, нэхъыщхьэ дыдэр аращи, щIэуэ ныбжьэгъу куэд щывгъуэтынущ. Си гуапэщ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыщу мыбы кърихьэлIэхэр гъэ къэс нэхъыбэ зэрыхъур. Абыхэм ящыщ куэдым къахь грантхэмкIэ езыхэм я проектхэр хъарзынэу ягъэзащIэ. Мы зэхыхьэр икъукIэ сэбэпышхуэ мэхъу щIалэгъуалэм я мурадхэр пхыгъэкIыным и мызакъуэу, ахэр мамыру зэдэпсэунымкIи. Абы папщIэ зэIущIэм къокIуалIэ республикэ псоми я лIыкIуэхэр. Мы гъэм «Мэшыкъуэм» хэтынущ нэгъуэщI къэралхэм щыщхэри. Иджыпсту ди къэралым и унафэщIхэр йогугъу щIалэгъуалэм и зэфIэкIыр къызэрагъэсэбэпыфын Iэмалхэр зэтегъэувэным. Властым и органхэм я къалэн нэхъыщхьэ дыдэу къызолъытэ щIэныгъэ нэс зэгъэгъуэтынымкIэ Iэмалхэр зэтегъэувэныр, зэфIэкI хэха зыбгъэдэлъ щIалэгъуалэм защIэгъэкъуэныр, щIэблэр хэкум хуэпэжу гъэсэныр, абыхэм лэжьапIэ IэнатIэхэр къахузэгъэпэщыныр. Фи фIэщ фщIы, фэ къыхэфлъхьэ IуэхуфI псори вдэтIыгъыну дызэрыхьэзырыр. Ныбжьэгъухэ, иджыпсту фэ фитщ IэщIагъэ фхуэхъунум фыщегупсыс, фи гъащIэ гъуэгур щывубзыху ныбжьым. Фэ, XXI лIэщIыгъуэм и щIэблэр, фыщыпсэуну, фыщылэжьэну зэманыр хьэлэмэтщ. Къэралым къыщагъэщIэрэщIэж жылагъуэ зэхущытыкIэхэмрэ къэрал ухуэкIэмрэ я IэнатIэ псори. Дызэрыщыгъуазэщи, щIалэгъуалэрщ щIэуэ щыIэр нэхъ псынщIэу къэзыпхъуатэр. Фэращ Урысей къэралыгъуэщIэр зыухуэну къызыпэщытыр. Абы къыхэкIыу фэращ зэлъытар абы дуней псом щиIыгъыну увыпIэр. Сытым дежи фIыр фи гъуазэу фыщыт, щIэныгъэ зэвгъэгъуэт, фи плъапIэхэм зевгъэубгъу, фытегушхуэ, мис итIанэ псори къывэхъулIэнущ. Дэ ди щIалэгъуалэм фIэщхъуныгъэ яхудиIэщ, абы къыхэкIыу ди Хэкум и къэкIуэнур зэрыгъуэзэджэр ди фIэщ мэхъу. Фэ фщыщ дэтхэнэми мы зэхыхьэм и зэфIэкI псори къыщигъэлъэгъуэну, фи Iуэху дэкIыну сынывохъуэхъу.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30703.txt" }
КъБР-м и ТВ-мрэ радиомрэ 1 КъБР «Мир» канал Блыщхьэ, шыщхьэуIум и 19 7.00 Мультфильм (6+) 7.20 «IэщIагъэлIхэр». Физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор Хьэжы Анатолэ (12+) 7.40 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» 8.15 «Джэрпэджэж». Тележурнал (адыгэбзэкIэ) (12+) 8.50 «Iущыгъэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (6+) 9.10 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 18.00 ЦIыхубэ творчествэм и дунейпсо фестивалу Бобруйск къалэм щекIуэкIам къратыкI репортаж. КIэухыр (12+) 18.35 «Чемпионхэр». Иджырей пятиборьемкIэ спортым и мастер Гобеев Азэмэт (12+) 19.30 «ГъащIэ гъуэгу». Культурологие щIэныгъэхэм я доктор Урысбий ФатIимэ и фэеплъу (12+) 20.05 «Гум имыхуж». ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ къэбэрдей къэрал драмэ театрым и артисткэ Шыгъушэ Лидэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.35 «УсакIуэ». Бещтокъуэ Хьэбас. Ещанэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (12+) 21.10 «СурэтыщI». СурэтыщI Ахматов Лиуан (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 21.40 ХъыбарыщIэхэр Гъубж, шыщхьэуIум и 20 Сыхьэтыр 18 пщIондэ лажьэркъым 18.00 Мультфильм (6+) 18.10 УФ-м IэпщэрыбанэмкIэ и командэ къыхэ-хам и тренер нэхъыщхьэ Къаныкъуэ Заур (12+) 18.30 «Тырку дуней». Уэрэдус, уэрэджыIакIуэ Султанбеков Арсланбек. ПэщIэдзэр (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 19.30 Мультфильм (6+) 19.40 «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и тхыдэм щыщщ». Кинорежиссёрхэу Вэрокъуэ Владимиррэ Мартиросовэ Ринэрэ я фильмхэр (12+) 20.35 «Уэрэдыр фэеплъ мыкIуэдыжщ». Композитор Тхьэбысым Умар (адыгэбзэкIэ) 21.10 «УсакIуэ». Бещтокъуэ Хьэбас. ЕплIанэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (12+) 21.40 ХъыбарыщIэхэр Бэрэжьей, шыщхьэуIум и 21 7.00 Мультфильм (6+) 7.10 «Музейхэр» программэр (12+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 8.00 «Ретроспектива». «Шэджэм» телевизионнэ фильмыр (12+) 8.15 «ФIым телэжьэн». КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Мэршэнкъул Iэдэм (адыгэбзэкIэ) (12+) 8.45 «ЩIыуэпс». Дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэн (адыгэбзэкIэ) (12+) 9.15 «Сэлам алейкум, Музэфар!». Композитор, журналист Этчеев Музэфар теухуауэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 18.00 Мультфильм (6+) 18.25 «Тырку дуней». Уэрэдус, уэрэджыIакIуэ Султанбеков Арсланбек. КIэухыр (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 19.30 Мультфильм (6+) 19.40 «Автограф». ЗэкIурей Азэмэт (12+) 20.05 «Унагъуэ». Налшык къалэ щыпсэу Батырхэ я унагъуэр (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.30 «ЩIалэгъуэ» (адыгэбзэкIэ) (16+) 21.00 «ЛIыхъужьым и гъуэгуанэ». Зауэмрэ лэжьыгъэмрэ я ветеран Созаев Мухъэш. Хьэсэней къуажэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 21.30 «Зи чэзу псалъэмакъ» (16+) 21.40 ХъыбарыщIэхэр Махуэку, шыщхьэуIум и 22 7.00 Мультфильм (6+) 7.10 «ЦIыхубэ IэпщIэлъапщIэхэр». Лэкъунхэ Сэлимрэ Зауррэ (12+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 8.00 «Гум къиIукI уэрэдхэр». Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал филармонием и уэрэджыIакIуэ Хьэкъул Оксанэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 8.35 «Дыщэ пхъуантэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (6+) 9.00 «Унагъуэ» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 9.40 «Ойнай-ойнай…» ГушыIэ программэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 18.00 Мультфильм (6+) 18.20 «Кабардинка» къэрал академическэ къэфакIуэ гупым я концерт. ПэщIэдзэр (12+) 19.30 Мультфильм (6+) 19.35 «Динымрэ гъащIэмрэ» (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.05 «Адыгэм и дуней» программэр (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.45 «Гупсысэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 21.10 «КъэкIуэнур нобэрей махуэм пыщIащ». Дохутыр Толга Мухиттин (Кипр Ищхъэрэ) (12+) 21.40 ХъыбарыщIэхэр Мэрем, шыщхьэуIум и 23 7.00 Мультфильм (6+) 7.10 «Дар фантазии». Налшык къалэм дэт езанэ еджапIэ-интернатым модэмкIэ и театрыр (6+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 8.00 «ГъащIэ гъуэгуанэ». Тхыдэмрэ археологиемрэ я доктор Дыгъужь ФуIэд (адыгэбзэкIэ) (12+) 8.40 «Уэрэдыр зи Iэпэгъу». КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Азэмэт Наталье (адыгэбзэкIэ) (16+) 9.15 Мечиев Кязим и творчествэр (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 9.45 «УэрэджыIакIуэ». Атмурзаевэ Жаннэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 18.00 Мультфильм (6+) 18.25 «Кабардинка» къэрал академическэ къэфакIуэ гупым я концерт. КIэухыр (12+) 19.30 «Гупсысэр — псалъэкIэ» (16+) 20.00 «Узыншэу фыщыт». Тележурнал (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.25 Балъкъэрыбзэр хъумэным теухуауэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 20.55 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 21.40 ХъыбарыщIэхэр 21.55 Спорт хъыбархэр Щэбэт, шыщхьэуIум и 24 7.00 Мультфильм (6+) 7.10 «Универсиада-2013». Япэ нэтын (12+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 8.00 «ЛIэщIыгъуэхэм я сурэтыщI». ТхакIуэ Мэлбахъуэ Елбэрд. Япэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (12+) 8.30 «IэпщIэлъапщIэ». Бабугент къуажэм щыпсэу Бозиевэ Маржан (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 8.50 «Таурыхъым и деж хьэщIапIэ» (балъкъэрыбзэкIэ) (6+) 9.10 «49-нэ канал» (12+) 17.00 Мультфильм (6+) 17.15 «Усыгъэм и пшыхь». Къэжэр Ланэ (12+) 17.55 «Зэманымрэ цIыхумрэ». КъБР-м и тхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ КхъуэIуфэ Хьэчим (16+) 18.35 «Уэрэдыр фэеплъ мыкIуэдыжщ». УсакIуэ, уэрэдус Къанкъул ФIыцIэ (адыгэбзэкIэ) (16+) 19.15 «Республикэм щыхъыбархэр». ХъыбарыщIэхэр (адыгэбзэкIэ) 19.30 «Iущыгъэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (6+) 19.50 «Гъуэгу щIэдзапIэ». Саратов консерваторэм и студент Жубоев Жамболэт (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 20.20 «Ыйыкъ». ХъыбарыщIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ) 20.35 «49-нэ каналым и пощт» (12+) Тхьэмахуэ, шыщхьэуIум и 25 7.00 Мультфильм (6+) 7.10 «Универсиада-2013». ЕтIуанэ нэтын (12+) 7.40 «Республикэм щыхъыбархэр». ХъыбарыщIэхэр (адыгэбзэкIэ) 8.00 «ЛIэщIыгъуэхэм я сурэтыщI». ТхакIуэ Мэлбахъуэ Елбэрд. ЕтIуанэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (12+) 8.30 «БлэкIар тщымыгъупщэу». Жэмтхьэлэ Ипщэ къуажэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 8.55 «Ыйыкъ». ХъыбарыщIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ) 9.10 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 18.00 Мультфильм (6+) 18.20 «Тхьэм и унэм ухуэзышэ гъуэгу» (12+) 18.35 «Чемпионхэр». СССР-м бэнэкIэ хуитымкIэ спортым и мастер Къарэмыщ Мухьэмэд (12+) 19.00 «Нэхъ лъапIэ дыдэ». Тхыдэдж, этнограф Болэ Ильзитэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 19.30 Нало Заур и сабий усэхэр (адыгэбзэкIэ) (12+) 19.50 «ЩIыуэпс». Дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэным теухуауэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.15 «…ГъащIэм къыпещэ». УсакIуэ Бабаев Ибрэхьим (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 20.45 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 21.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» «Къэбэрдей-Балъкъэр» ГТРК-м и ТВ Блыщхьэ, шыщхьэуIум и 19 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ) 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ) 14.30, 17.15, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 18.30 «ЦIыхумрэ зэманымрэ». Болатов Юруслан 19.00 «Литературэм и лъахэ» Гъубж, шыщхьэуIум и 20 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр 9.00 «Унагъуэ альбом» 9.30 «Уи дуней» 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ) 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ) 14.30, 17.15, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 18.30 «Зэманым и лъэужь» программэр 19.00 «Къэбэрдейм и иужьрей уэлий» Бэрэжьей, шыщхьэуIум и 21 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ) 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ) 14.30, 17.15, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 18.30 «Адэхэмрэ бынхэмрэ». Ток-шоу Махуэку, шыщхьэуIум и 22 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр 9.00 «Нобэ япщэфIхэр» 9.30 «Ажэгъуэмэ». Узденов С. 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ) 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ) 14.30, 17.15, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 18.30 «Дыгъуасэ. Нобэ. Пщэдей». Адыгэ Республикэм и «Ислъэмей» къэфакIуэ гупыр Мэрем, шыщхьэуIум и 23 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр. 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ) 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ) 14.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 17.15 ЩIыпIэ зэман. Кавказ Ищхъэрэм щыхъыбархэр 18.30 «Вояж» Щэбэт, шыщхьэуIум и 24 8.10, 11.10, 14.20 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 10.05 «Нобэ япщэфIахэр» 10.35 «Уи дуней» Тхьэмахуэ, шыщхьэуIум и 25 10.20 ЩIыпIэ зэман. «Тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» 14.20 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр «Къэбэрдей-Балъкъэр» ГТРК-м и радио Блыщхьэ, шыщхьэуIум и 19 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10 7.25 — 7.45 «Сыту пIэрэ нобэрей махуэр апхуэдизу щIэдахэр?». Концерт (адыгэбзэкIэ). 7.45 — 8.00 Акаев Х. «ГушыIэмрэ ауанымрэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 10.15 — 10.30 Школ зыгъэпсэхугъуэ махуэхэм. Кайруков Г. «Бзумрэ розэмрэ» (адыгэбзэкIэ). 13.25 — 13.50 «Iуэху куэд щызэфIагъэкI блыщхьэ». 13.50 — 14.00 Макъамэ. 16.25 — 16.33 Зэгъусэу дыкъоджэ. Антуан де Сент-Экзюпери. «ЦIыхухэм я планетэ». Гъубж, шыщхьэуIум и 20 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10 7.25 — 7.45 Нартхэм ятеухуа хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 7.45 — 8.00 Боташев Исса и усэхэм къытращIыкIа уэрэдхэр (балъкъэрыбзэкIэ). 10.15 — 10.30 Лермонтов Михаил. «Бородино» (адыгэбзэкIэ). 13.25 — 13.45 Акъсырэ Залымхъан. «Хэт къуаншэр?» радиопостановкэ. 13.45 — 14.00 Усэхэр. Шахмурзаев Сэид. 16.25 — 16.33 Зэгъусэу дыкъоджэ. Антуан де Сент-Экзюпери. «ЦIыхухэм я планетэ». Бэрэжьей, шыщхьэуIум и 21 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.10 , 10.00, 13.10, 16. 00, 18.10 7.25 — 7.45 «Фи пщэдджыжь фIыуэ». Концерт (адыгэбзэкIэ). 7.45 — 8.00 Гулиев М. «Апсатэ ипхъухэр» поэмэм щыщ пычыгъуэ. 10.15 — 10.30 Театрыр микрофоным Iутщ. Розов В. «НэгъуэщIкIэ пхузэмыхъуэкIыну» (балъкъэрыбзэкIэ). 13.25 — 14.00 «Псэм и гъуджэ». Романсхэр. 16.25 — 16.33 Зэгъусэу дыкъоджэ. Антуан де Сент-Экзюпери. «ЦIыхухэм я планетэ». Махуэку, шыщхьэуIум и 22 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 10.00, 13.10, 16.10, 18.10 7.10 — 8.00 «Жьырытэдж» (адыгэбзэкIэ). 10.15 — 10.30 «Мэшыкъуэр» — зэкъуэтыныгъэм и лъахэщ». 13.25 — 14.00 «Хьэплъыфэ микс». 16.25 — 16.33 Зэгъусэу дыкъоджэ. Антуан де Сент-Экзюпери. «ЦIыхухэм я планетэ». Мэрем, шыщхьэуIум и 23 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10 7.25 — 8.00 «Жьырытэдж». Нэгузыужь нэтын. 10.15 — 10.30 «Си лъахэ». Шэрджэс Iэсият уэрэд жеIэ. 13.25 — 13.45 «Зэкъуэш пэлъытэхэр: лъэхъэнэщIэм щIедзэ». 13.45 — 14.00 «Инджылызыбзэр Джэдгъэф Маринэ и гъусэу зыдогъащIэ». 16.25 — 16.33 Зэгъусэу дыкъоджэ. Антуан де Сент-Экзюпери. «ЦIыхухэм я планетэ». Щэбэт, шыщхьэуIум и 24 10.10 — 11.00 «Кавказ пшэплъхэр». 12.10 — 12.25 «КъБР: махуэр махуэм кIэлъыкIуэу». ХъыбарыщIэхэр (адыгэбзэкIэ). 12.25 — 12.40 «КъБР: махуэр махуэм кIэлъыкIуэу» ХъыбарыщIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ). 12.40 — 13.00 «Луна-парк». ЩIалэгъуалэм я утыку. Тхьэмахуэ, шыщхьэуIум и 25 10.10 — 10.25 «КъБР: махуэр махуэм кIэлъыкIуэу». ХъыбарыщIэхэр. 10.25 — 10.40 «Къалэм и гъащIэ». ЩIалэгъуалэм папщIэ. 10.40 — 11.00 Кациев Хьэбу. «Гъэм и зэман телъыджэ». 12.10 — 13.00 Театрыр микрофоным Iутщ. Сонэ Мухьэрбий. «Тхьэмадэм къыджиIэжар». КъБР-м и радио Блыщхьэ, шыщхьэуIум и 19 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 13.00, 14.00, 15.00, 16.00, 17.00, 18.00 7.15/13.05 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 7.45/14.50 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.20/16.32 «ЩIэныгъэм и дунейм — зыплъыхьакIуэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.40/14.35 «Зи чэзу псалъэмакъ» (адыгэбзэкIэ). 9.00/18.05 «Зэпсэлъэгъухэр» (урысыбзэкIэ). 9.25/18.30 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ). 10.05 «Утыку» (адыгэбзэкIэ). 10.25/16.05 «Макъамэ яхъумахэр» (адыгэбзэкIэ). 11.05/17.05 «Чамхана» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.25/17.25 «Уэрэдыр тыгъэ фхузощI (балъкъэрыбзэкIэ). 11.48/17.48 Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 12.05/15.35 «Дуней тетыкIэ» (урысыбзэкIэ). 12.25/15.05 «КъехьэкI-нехьэкI зыхэмылъ псалъэмакъ» (урысыбзэкIэ). 14.05 — 14.35 «Дыхьэшхэным и хъуреягъкIэ» (адыгэбзэкIэ). Гъубж, шыщхьэуIум и 20 7.45/14.45 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 8.20/16.30 «Боракъ» (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «Зэманыр, къэхъукъащIэхэр, Iуэху еплъыкIэхэр» (урысыбзэкIэ). 9.20/18.25 «Гукъыдэж» (урысыбзэкIэ). 10.05 «Адыгэхэр: тхыдэр, хабзэр» (адыгэбзэкIэ). 10.50/15.50 «Зэхэфха? Флъэгъуа?» (адыгэбзэкIэ). 11.05/17.30 «Балъкъэр цIыхубэ уэрэдхэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.30/17.05 «Тхыдэм и напэкIуэцIхэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.05/15.30 «Тхыдэм егъэщIылIа Iуэхухэр» (урысыбзэкIэ). 12.25/15.05 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ). 12.45/14.30 «Таурхъан» (адыгэбзэкIэ). 14.05/16.05 «Макъамэ калейдоскоп» (адыгэбзэкIэ). Бэрэжьей, шыщхьэуIум и 21 7.45/14.50 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 8.20/17.05 «Къонгуроучукъ». Сабийхэм папщIэ (балъкъэрыбзэкIэ). 8.45/16.50 Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «Зи чэзу Iуэхум теухуауэ» (урысыбзэкIэ). 9.25/18.25 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ). 10.05/16.05 «ЩIымрэ абы щыпсэу цIыхумрэ» (адыгэбзэкIэ). 10.25/16.20 Концерт (адыгэбзэкIэ). 11.05 — 11.22 «Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ). 11.30/17.30 «Салам алейкум» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.05/15.05 «Гъуазджэм и щIыналъэ» (урысыбзэкIэ). 12.40/15.40 «Кавказым и симфоние» (урысыбзэкIэ). 14.05 «Уэрэдыр и Iэпэгъуу» (адыгэбзэкIэ). 14.30 — 14.50 «Усыгъэм и сатыр мыкIуэдыжынухэр…» (адыгэбзэкIэ). Махуэку, шыщхьэуIум и 22 7.45/18.43 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 8.20/17.05 «Дэ къытхуэнар» (балъкъэрыб-зэкIэ). 9.00/18.05 «Нэхъыщхьэм теухуауэ кIэщIу» (урысыбзэкIэ). 9.20/15.25 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ). 9.30/15.45 «Псэм и макъамэ» (урысыбзэкIэ). 9.42/15.35 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 10.05/16.05 «Динымрэ гъащIэмрэ» (адыгэбзэкIэ). 10.20/16.20 «Концерт» (адыгэбзэкIэ). 10.45 — 16.45 «ДунейгъафIэ». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ). 11.05/14.05 «Лэгъупыкъу» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.30/17.35 «Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ). 12.05/15.05 «Макъамэхэр» (урысыбзэкIэ). 12.30/18.20 «Дуней тетыкIэ» (урысыбзэкIэ). 14.30 — 15.00 «Пшыналъэ». Нэгузыужь нэтын (адыгэбзэкIэ). Мэрем, шыщхьэуIум и 23 7.45/18.39 «Щэнхабзэм теухуауэ» (адыгэбзэкIэ). 8.20/17.30 «Дыщэ пхъуантэ цIыкIу» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.35/14.05 «Уэсылъэ къуршхэм я макъамэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «ГъащIэ упщIэ» (урысыбзэкIэ). 9.25/15.35 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ). 10.05 «Эфирыр псоми папщIэ» (адыгэбзэкIэ). 10.25 «Лъэпкъ прозэм и напэкIуэцIхэр» (адыгэбзэкIэ). 10.45/16.05 «Лэгъупыкъу». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ). 11.05/13.50 «Гуапагъэмрэ уахътыншагъэмрэ ятеухуауэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.20/17.05 «Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ). 11.45/17.45 Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 12.05/15.05 «Гъуазджэм и щIыналъэ» (урысыбзэкIэ). 12.35/18.20 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ). 12.44/18.29 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 14.30/16.25 «Ди гъусэу зывгъэпсэху» (адыгэбзэкIэ). Щэбэт, шыщхьэуIум и 24 7.00/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 7.38/13.38 «Вагъуэбэ» (адыгэбзэкIэ). 8.00/15.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/15.25 «Шаудан» (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.00 «Я гулъытэ нэхъыщхьэр зыхуэгъэзар» (урысыбзэкIэ). 9.25/18.25 «Дыщыпсэу дунейм» (урысыбзэкIэ). 9.45/18.45 «Усыгъэм и сатыр мыкIуэдыжынухэр…» (урысыбзэкIэ). 10.00 — 10.30 «Дэрэжэгъуэ». Нэгузыужь нэтын (адыгэбзэкIэ). 10.50/14.30 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 11.00/16.00 «Чамхана» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.21/16.21 «Топалайчыкъ». Сабийхэм папщIэ (балъкъэрыбзэкIэ). 11.30/16.30 «Iуащхьэмахуэ и щыгум щыIу уэрэдхэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.00/17.00 «Гукъыдэж» (урысыбзэкIэ). 12.44/17.44 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 14.00 — 14.50 «Радиотеатр» (адыгэбзэкIэ). Тхьэмахуэ, шыщхьэуIум и 25 «ХъыбарыщIэхэр». Тхьэмахуэм къэхъуахэр (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 8.00, 10.00, 12.00, 14.00, 15.00, 17.00 7.00/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 7.40/14.40 «ФIыуэ тлъагъу макъамэхэр» (адыгэбзэкIэ). 8.10/15.10 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.40/15.40 Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.00 «Iуэху нэхъыщхьэм теухуауэ» (урысыбзэкIэ). 9.30/18.30 «Дыщыпсэу дунейм» (урысыбзэкIэ). 9.40/18.40 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 10.10/14.10 «Ди зэIущIапIэхэр» (адыгэбзэкIэ). 10.40 — 10.58 «Зыгъэпсэхугъуэхэр, зыгъэпсэхугъуэхэр…» (адыгэбзэкIэ). 11.00/16.00 «Ди хъугъуэфIыгъуэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.10/17.10 «Театрыр микрофоным Iутщ» (урысыбзэкIэ). 13.35 — 14.00 «ЦIыхуитIым зэдыжаIэ уэрэдхэр» (адыгэбзэкIэ).
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30711.txt" }
Хьид махуэ лъапIэм и щIыхькIэ Бахъсэнёнкэ къуажапщэм дэсхэм нэщI мазэ лъапIэр щиухым екIуэкIа хьид махуэхэм Сирием щыщ ди лъэпкъэгъухэм хузэхуахьэсащ сом мин 21-рэ. «Зауэ щекIуэкI я хэкур зыбгынэн хуей хъуа, нобэ дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэ ди лъэпкъэгъухэм ахъшэкIэ защIэзыгъакъуэ адыгэхэм я жэрдэмыр ядэтIыгъыу тхузэфIэкIымкIэ дадэIэпыкъуну мурад тщIащ», — жеIэ мы Iуэхур къыхэзылъхьа бахъсэнёнкэдэс Зэгъэщтокъуэ Владимир. Бахъсэнёнкэ къуажэм щыпсэухэм ялэжьа псапэр адрей къуажэхэм дэсхэм я дежкIи щапхъэфIщ. АЛОКЪУЭ Аринэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30714.txt" }
Къардэн Мартин и тыгъэ 2013 — 2014 гъэ еджэгъуэщIэм мы зэманым хуагъэхьэзырыж еджапIэхэр, гъэсапIэхэр. Шэрэдж куейм хыхьэ Зэрэгъыж жылэм дэт «Нур» сабий садым и бжэхэр ноби яхузэIупх хъунущ сабий цIыкIухэм. ЩIыпIэ администрацэм и пресс-IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ Кужоновэ Эльмирэ зэрыжиIамкIэ, садым и гъэсэн цIыкIухэм я гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэр къызэрысу, IуэхущIапIэм занщIэу щаублащ зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр. Иджы мис: къабзагъэр щытепщэ, зыхуей хуагъэзэжа пэшхэр, я пщIантIэр нэсу хуэхьэзырщ гъэ еджэгъуэщIэм. Пэш хуитхэмрэ джэгупIэ екIухэмрэ нэмыщI, «Нурым» екIуалIэ сабийхэм къапоплъэ ахэр хуабжьу зыщыгуфIыкIыну нэгъуэщI Iуэхугъуи. Абыхэм папщIэ сабий садым и лэжьакIуэхэм къащэхуащ зэрыджэгу, акъылым зезыгъэужь хьэпшып зэмылIэужьыгъуэ куэд. Псори зэхэту абыхэм ятекIуэдащ ахъшэ сом мин 80. — Зэрыджэгу хьэпшыпхэр къызэрытщэхуа ахъшэр сабий садым къыхуиутIыпщащ ди къуажэгъу Къардэн Мартин. А хьэрычэтыщIэр иджыпсту хамэ къэрал щопсэу. И мылъку хьэлэлым псапэ хищIыкIыу, къуажэ сабийхэм папщIэ ахъшэр и анэм къыхуигъэхьащ. И къуэм и тыгъэ гуапэр абы къытIэригъэхьэжащ, — жеIэ «Нурым» и унафэщI ШэрыIужь Риммэ. Сабий садым и лэжьакIуэхэмрэ абы екIуалIэ цIыкIухэм я адэ-анэхэмрэ фIыщIэ ин хуащI Къардэн Мартин, щалъхуа къуажэм дэс щIэблэм яхуищIа апхуэдэ тыгъэм папщIэ. Садым и гъэсэнхэр абы зэрыщыгуфIыкIынур сыт хуэдэу езыр! КЪАРДЭН Маритэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30716.txt" }
ЩIэныгъэлI щэджащэ Ди анэдэлъхубзэр джыным, абы зиужьыным елэжьа щIэныгъэлI цIэрыIуэхэм ящыщщ Естественнэ щIэныгъэхэмкIэ Урысей академием, ЩIэныгъэхэмкIэ Куржы академием я академикыу щыта, Кавказыр зыджхэм я Европей зэгухьэныгъэм хэта, Кавказыр джыным хуищIа хэлъхьэныгъэ иным папщIэ дунейпсо саугъэтыр зыхуагъэфэща, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къумахуэ Мухьэдин Iэбубэчыр и къуэр (1928 — 2008). БзэщIэныгъэлI цIэрыIуэм, профессорым, лингвист-теоретик лъэщым, кавказыбзэхэр джынымкIэ IэщIагъэлI телъыджэм зэфIиха лэжьыгъэшхуэхэмкIэ и цIэр ди лъэпкъ щIэныгъэ тхыдэм къыхэнащ. Псэужамэ, абы и ныбжьыр мы махуэхэм илъэс 85-рэ ирикъунут. Къумахуэ Мухьэдин. 1997 гъэ Къумахуэ Мухьэдин Лэскэн ЕтIуанэ къуажэм къыщалъхуащ. Абы и адэ-анэ Iэбубэчыррэ Куэзэрэ я лъэкIыныгъэ псори ирахьэлIащ я бынхэу Башир, МуIэед, Тосэ, Анусэ, Мухьэдин, Мурадин сымэ лъэпкъ гъэсэныгъэ екIу халъхьэным, щIэныгъэрэ IэщIагъэрэ ирагъэгъуэтыным. Къумахуэхэ я унагъуэм тхылъым, еджэным пщIэ щиIэу щытти, зэщхьэгъусэхэм я щIэблэр абы хуаущийуэ къагъэтэджырт. Быным зэрахуэхъуэпса псоми хунэсакъым Iэбубэчыр. 1941 гъэм къэхъея Хэку зауэшхуэм япэу кIуахэм ящыщащ ар икIи абы и губгъуэхэм и псэр щитащ. Ар удынышхуэу зытехуа унагъуэм куэд дэмыкIыу нэгъуэщI гуауи къатепсыхащ: МуIэед зэуэзэпсэу дунейм ехыжащ. Сабий нэхъыжьхэм фIэкIа дэIэпыкъуэгъу къызыхуэмына Куэзэ и пщэ къыдэхуащ къалэн гугъу дыдэ: быныр лъэ быдэкIэ гъащIэм хэгъэувэныр. Ар хулъэкIащ адыгэ бзылъхугъэ гуащIафIэм. Къыхуэна и бынитхум ящыщу дэтхэнэми гъэсэныгъэфI яхилъхьэфащ анэм, къинэмыщIауэ, щIэныгъэ нэхъыщхьэ, IэщIагъэ яригъэгъуэтащ. Башир экономикэм хуеджащ, щIэныгъэм я доктор, профессор хъуащ, «КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэр къыфIащащ. Зэшыпхъухэу Тосэрэ Анусэри КъБКъУ-м щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызрагъэгъуэтащ. Быным я нэхъыщIэ Мурадин МКъУ-м ядернэ физикэмкIэ и факультетыр къиухащ, щIэныгъэхэм я докторщ. Дунейпсо цIэрыIуагъ Мурадин къыхуихьащ «Къумахуэм и эффект» цIэр щIэныгъэ дунейм щызыгъуэта и къэхутэныгъэм. Абы щхьэкIэ ар тIэунейрэ ягъэлъэгъуауэ щытащ Нобель и цIэкIэ щыIэ дунейпсо саугъэтыр къратыну. Мы зэманым Мурадин и унафэщIщ Рентген оптикэмкIэ Москва дэт институтым. Къуажэм дэт курыт школыр фIы дыдэу къиуха нэужь, Мухьэдин щIэтIысхьащ Тбилиси дэт къэрал университетым, кавказыбзэхэм щыхуеджэну. Ар ехъулIэныгъэкIэ 1952 гъэм къэзыуха адыгэ щIалэм бгъэдэлъ щIэныгъэм хигъэхъуэну Москва кIуащ икIи щIэтIысхьащ СССР-м ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием БзэщIэныгъэхэмкIэ и институтым и аспирантурэм. Къумахуэм иригъэкIуэкI къэхутэныгъэхэм бзэщIэныгъэм и унэтIыныгъэ зыбжанэ къызэщIаубыдэрт. Абы куууэ иджырт Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэм я бзэхэр, абыхэм я грамматикэм и теориехэм япыщIа Iуэхугъуэхэр, бзэхэр зэрызэхэлъхэм зэщхьу яхэлъхэмрэ зэщхьэщыкIыныгъэу яIэхэмрэ иубзыхуу. Апхуэдэу ар хуабжьу дахьэхырт бгырыс лъэпкъхэм я IуэрыIуатэхэм, цIыхубэ эпосхэм, лъэпкъ щэнхабзэхэм. А къэхутэныгъэ гъэщIэгъуэнхэр, купщIафIэхэр я лъабжьэу, Къумахуэм игъэхьэзыращ и япэ щIэныгъэ лэжьыгъэр — кандидат диссертацэр икIи ар ехъулIэныгъэкIэ пхигъэкIащ. «Адыгэбзэхэм я зэгъэпщэныгъэ-тхыдэ фонетикэр» къэхутэныгъэ лэжьыгъэ хьэлэмэтым куэд дэмыкIыу къыкIэлъыкIуащ доктор диссертацэ купщIафIэр. Ар тещIыхьауэ щытащ абхъаз-адыгэ бзэ гупым щыщу шэрджэсыбзэхэм (адыгэбзэхэм) я зэхэлъыкIэм, я грамматикэхэм. А монографием пщIэшхуэ щиIащ щIэныгъэ дунейм. Псом хуэмыдэжу хьэлэмэтт Мухьэдин и къэхутэныгъэхэу кIуэдыжауэ тлъытэ убыхыбзэм теухуахэр. Абы иджыжар убыхыбзэм и закъуэтэкъым, атIэ а лъэпкъым и гъащIэм щыщ куэди наIуэ къищIат. А къэхутэныгъэм тещIыхьащ Къумахуэм и тхылъ гъэщIэгъуэныщэу, зи хуэдэ иджыри щымыIэу ябж «Убыххэр: тхыдэр. Бзэр. IуэрыIуатэр». Абы иужькIэ Къумахуэр ялъытэу хуежьащ убыххэм я тхыдэмкIэ, бзэмкIэ, щэнхабзэмкIэ щIэныгъэшхуэ зыбгъэдэлъ IэщIагъэлI щэджащэу. Къумахуэхэ Мухьэдин, Мурадин, Башир. 1967 гъэ ЗэфIэкIышхуэхэр къы- зыкъуэкIа адыгэ щIалэр СССР-м ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием БзэщIэныгъэхэмкIэ и институтым кавказыбзэхэмкIэ, компаративистикэмкIэ и къудамэхэм зэман куэдкIэ щылэжьащ, и къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэм пищэу. 1991 гъэм ар ягъэуващ компаративистикэмкIэ и къудамэм и унафэщIу икIи илъэс 15-м нэскIэ а къулыкъум пэрытащ. А лъэхъэнэм Къумахуэм и зэфIэкIхэм къэралпсо цIэрыIуагъ къыхуахьат. ЩIэныгъэлIыр ирагъэблагъэрт дунейпсо щIэныгъэ конгрессхэм, симпозиумхэм, конференцхэм, нэгъуэщI зэхуэсхэм. Мызэ-мытIэу ар къыщыпсэлъащ Париж, Лондон, Оксфорд, Берлин, Мюнхен, Бамберг, Марбург, Стамбул, Анкара, Бухарест, Сан-Себастьян къалэхэм щекIуэкIа дунейпсо щIэныгъэ зэхыхьэхэм я утыкушхуэхэм. Абыхэм Къумахуэм дапщэщи наIуэ къыщищIырт иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэ хьэлэмэтхэм къарикIуахэр. А зэхуэсхэм къекIуалIэ щIэныгъэлIхэр щIэхъуэпсырт Къумахуэм хуэдэ профессор цIэрыIуэ я щIыпIэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм щеджэ студентхэм я пащхьэ къыщыпсэлъэну. Къэхъурт ар хамэ щIыпIэхэм апхуэдэ IуэхукIэ щрагъэблагъэ. 1991 — 1998 гъэхэм Мухьэдин щригъэджащ Швецием и Лунд къалэм дэт университетым. Профессор Вамлинг и гъусэу а илъэсхэм абы итхыгъащ щIэныгъэ монографиеу 2. «Лунд университетым щIыхь зиIэ и профессор», «Тбилиси къэрал университетым щIыхь зиIэ и профессор» цIэ лъапIэхэр зыхуагъэфэща щIэныгъэлI щыпкъэм еш имыщIэу зэфIихащ кавказыбзэхэм я ухуэкIэм, зэхэлъыкIэм ехьэлIа къэхутэныгъэ хьэлэмэт куэд. Ахэр я лъабжьэу Къумахуэ Мухьэдин и къалэмыпэм къыпыкIащ щIэныгъэ лэжьыгъэу 200-м щIигъу. Ахэр къыщыдэкIащ ди къэралми хамэ щIыпIэхэми. Абы и япэ тхылъхэм ди анэдэлъхубзэр джыным и щIэныгъэ лъабжьэр ягъэтIылъауэ жыпIэ хъунущ. Абыхэм къакIэлъыкIуащ адыгэбзэхэм я иджырей щытыкIэм ехьэлIа къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, «Адыгэбзэхэм я морфологиер», «Адыгэбзэхэм я псалъэ зэхъуэкIыкIэр», «Адыгэбзэхэм я функциональнэ стилистикэр», нэгъуэщIхэри. Къумахуэм и монографиехэу «Адыгэ IуэрыIуатэм и бзэр», «Нарт эпосыр. Бзэмрэ щэнхабзэмрэ», «Адыгэ эпосым и лексикэр. Тхыдэ-щэнхабзэ Iуэхугъуэхэр» жыхуиIэ- хэм щызэпкърыхащ адыгэ лъэпкъ IуэрыIуатэмрэ «Нарт» эпосымрэ япкърылъ бзэ-щэнхабзэ хьэлэмэтагъхэр. ИригъэкIуэкI егъэджэныгъэ, къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэм къадэкIуэу, Къумахуэ Мухьэдин ядэлажьэрт щIэныгъэ гъуэгум техьагъащIэ IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэм. Абы игъэхьэзыращ щIэныгъэм и кандитатхэр, докторхэр. Апхуэдэу Къумахуэр хэтащ анэдэлъхубзэр джыным, абыкIэ тхылъхэр къыдэгъэкIыным епха проектышхуэхэм. Ар щытащ «Адыгэ (Шэрджэс) ЩIэнгъуазэ», томитI хъууэ къыдэкIа «Къэбэрдей-Шэрджэсыбзэ» тхылъхэм я редактор нэхъыщхьэу, «Адыгэ псалъалъэр» зэхэзыгъэува щIэныгъэлI гупым яхэтащ. Лъэпкъ бзэщIэныгъэм и зэфIэувэныгъэм, зыужьыныгъэм зи гъащIэр хуэзыгъэпса щэныгъэлI щэджащэт, хэкулI нэст Къумахуэ Мухьэдин Iэбубэчыр и къуэр. Сыт хуэдэ лъэхъэни абы и щIыбагъ къыдэтащ и унагъуэ дахэр: и щхьэгъусэ Зарэрэ и бынхэмрэ. Зарэрэ Мухьэдинрэ илъэс куэдкIэ щызэдэлэжьащ ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием БзэщIэныгъэхэмкIэ и институтым, тхылъ зыбжани зэдатхащ. Абыхэм я бынхэу Заремэрэ Русланри, я адэ-анэм я щапхъэм тету, щIэныгъэхэм я доктор хъуахэщ. Щалъхуа жылэри, республикэри, къэралри зэрыгушхуэщ Къумахуэ Iэбубэчыррэ Куэзэрэ я къуэхэм я гъащIэ купщIафIэр. Абыхэм я щIэныгъэ зэфIэкI лъагэхэр лъэпкъ щIэныгъэм и хэлъхьэныгъэшхуэщ. ЖЫЛАСЭ Маритэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30719.txt" }
«Пшэплъ плъыжьхэм» щагъакIуэ махуэ гукъинэжхэр Джыбыл Башир и цIэр зезыхьэ, сабийхэм я узыншагъэр щрагъэфIэкIуэж «Пшэплъ плъыжьхэр» центрыр Дзэлыкъуэ куейм и ныбжьыщIэхэм я гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэр щагъэкIуэну фIыуэ ялъагъу щIыпIэщ. Илъэс 40 и пэкIэ КПСС-м и Дзэлыкъуэ райкомым и япэ секретару щыта Джыбыл Башир и жэрдэмкIэ, районым ит колхозхэм зэгъусэу яухуауэ щыта «Пшэплъ плъыжьхэр» зыгъэпсэхупIэр нобэми куэдым ягу дохьэ. Гъэ къэс мыбы я узыншагъэр щрагъэфIэкIуэж щIыналъэм и еджакIуэ 300-м щIигъум. Псом япэ ирагъэщ унагъуэшхуэхэм, хуэмыщIахэм къыхэкIа цIыкIухэр, сабий зеиншэхэмрэ адэ-анэхэм я нэIэм щIэмыту къэнахэмрэ. Мы гъэм апхуэдэ сабийуэ 210-м зыщагъэпсэхуащ «Пшэплъ плъыжьхэм». Районым и щIыпIэ нэхъ дахэ дыдэр, Малкэ псым и Iуфэр, зи хэщIапIэ, узыншагъэр щрагъэфIэкIуэж центрыр сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей хуэзэу зыщагъэпсэхуным хуэщIащ. Сабийхэр унэ цIыкIу зэпэщхэм щIэсщ, лагерым и пщIантIэм псыгуэн дэтщ, щыджэгу, макъамэ пэшхэр, футбол губгъуэ яIэщ. Лагерым щыIэ нэхъ цIыкIу дыдэхэр я благъэ-Iыхьлыхэм яхуэмызэшын папщIэ, «адэ-анэхэм я махуэ» щхьэхуэхэр хахащ. Иджыпсту лагерым зыщагъэпсэху ещанэ гупым. Абыхэм я махуэхэр нэгузыужьу, щIэщыгъуэу екIуэкIын папщIэ яхуеблэгъэнущ районым и артистхэр, хабзэхъумэ IэнатIэм, мафIэс къэмыгъэхъунымкIэ IуэхущIапIэм я лэжьакIуэхэр. БалигъыпIэ имыува ныбжьыщIэхэм я IуэхухэмкIэ къэпщытакIуэ гупым я лIыкIуэхэм сабийхэм псалъэмакъ щхьэпхэр драгъэкIуэкIынущ, зэпеуэ зэхуэмыдэхэр къыхузэрагъэпэщынущ. Бжьахъуэ Маринетэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30723.txt" }
Адыгэхэмрэ нартхэмрэ зэщхьу сыт яхэлъыр? Мейкъуапэ иджыблагъэ къыщыдэкIащ «Шэрджэсхэм я тхыдэмрэ Iуэ-рыIуатэмрэ» серием хыхьэ япэ тхылъыр, «Нартхэмрэ шэрджэсхэмрэ я зэхэтыкIэм зэщхьу хэлъыр» зыфIащар. Едыдж Батырай и Iэдакъэ къыщIэкIа мы къыдэкIыгъуэм хигъэхьащ 1982 гъэм итха и доктор диссертацэр. Къыхэгъэщыпхъэщ Едыдж Батырай нэхъапэIуэкIи тхылъ зыбжанэ зэритхар. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, «Адыгэхэмрэ Тыркум и къуажэхэмрэ» (Висбаден, 1989 гъэ), «АдыгэбзэкIэ сопсалъэ» (Эдинген-Неккархаузен, 1999 гъэ), «Адыгэ пшынэм и макъамэм зеIэт» усэ тхылъыр (Эдельберг, 1997 гъэ), «XVII — XIX лIэщIыгъуэхэм псэуа европей сурэтыщIхэм я лэжьыгъэхэм адыгэхэр къызэрыхэщыр» (Мейкъуапэ, 2009 гъэ), «Бгырыпх» (Мейкъуапэ, 2011 гъэ), нэгъуэщIхэри. ЩIэныгъэлI цIэрыIуэ ХьэдэгъэлI Аскэр адыгэхэр къызытехъукIам теухуа и Iуэху еплъыкIэхэр, Едыдж Батырай Иорданием щызэхуихьэсыжа нарт хъыбархэр, шэрджэсхэмрэ урысхэмрэ я зэхущытыкIар, япэрейхэр хэкум щIрагъэIэпхъукIа щхьэусыгъуэхэр, Тыркум, Иорданием, Сирием, Балкан хытIыгуныкъуэм и къэралхэм Iэпхъуа ди лъэпкъэгъухэм я псэукIар, пщыхэр, уэркъхэр, пщылIхэр, джэгуакIуэхэр зыщIысу щытар къыбгурызыгъаIуэ Iыхьэхэри, хьэщIэщ хабзэхэм ятеухуахэри, нэгъуэщI гъэщIэгъуэн куэди хигъэхьащ тхылъым. Едыдж Батырай мы лэжьыгъэр щитхым Германием щыпсэурт. Адыгэхэм я тхыдэм фIыуэ зыхигъэгъуэзэн папщIэ, ар 1974, 1975 гъэхэм Сириемрэ Иорданиемрэ кIуащ, 1974 гъэм Адыгэ автономнэ областым, 1977 гъэм Осетие Ипщэм щыIащ. Мы лэжьыгъэр 1982 гъэм Германием нэмыцэбзэкIэ, 1988 гъэм Иорданием хьэрыпыбзэкIэ къыщыдэкIащ. Иджы урысыбзэкIэ дунейм къытехьауэ аращ. Нарт IуэрыIуатэм елэжь, адыгэхэм я къекIуэкIыкIар зэзыгъэщIэну хущIэкъу дэтхэнэми мы тхылъыр къызэрыхуэсэбэпынум шэч къытетхьэркъым. ТЕКIУЖЬ Заретэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30728.txt" }
«Мэшыкъуэ-2013» щIалэгъуалэ зэхыхьэшхуэр къызэIуахащ ШыщхьэуIум и 14-м лэжьэн щIидзащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и щIалэгъуалэм я «Мэшыкъуэ» зэхуэсышхуэм и еплIанэ зэхыхьэгъуэм. ТхьэмахуитIым къриубыдэу абы кърихьэлIэнущ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм, Урысейм и адрей щIыпIэхэм, нэгъуэщI къэралхэм ящыщ щIалэрэ хъыджэбзу минищым нэблагъэ. Япэ гупыр лэжьэнущ шыщхьэуIум и 21-м нэсыху. А зэманым зэхыхьэм кърихьэлIахэр щхьэж дэзыхьэх Iуэхухэм хуеджэнущ, лекцэхэм едэIуэнущ, унэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм ятещIыхьа проекту езыхэм ягъэхьэзырахэр зэрыпхагъэкIыным хущIэкъунущ. Псыхуабэ къыщызэхуэса щIалэгъуалэр къыздикIа щIыпIэхэм елъытауэ щхьэхуэ-щхьэхуэурэ щIагъэтIысхьакъым, атIэ дэтхэнэми щыгъуазэ зыхуищIын папщIэ къыхиха унэтIыныгъэм тету шэтырхэр ягуэшащ. Егъэджэныгъэмрэ творчествэмкIэ программэхэм зэщIыгъуу елэжьынущ Абхъазым, Москва къалэм, Волгоград, Астрахань, Ленинград, Тверь, Ростов областхэм, Красноярскэ, Краснодар крайм я лIыкIуэхэр. Зэхыхьэшхуэр официальнэу дыгъуасэ къызэIуахащ. А махуэ ды дэр хуагъэпсащ Ставрополь крайм. «Мэшыкъуэ-2013» зэхыхьэм и пресс-центр.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30732.txt" }
Нобэ 1934 гъэм Москва къыщызэIуахащ СССР-м и ТхакIуэхэм я япэ съездыр. 1939 гъэм «Кабардинка» ансамблым концертхэр КъуэкIыпIэ Жыжьэм тын щыщIидзащ. 1960 гъэм Налшык къыщызэIуахащ изобразительнэ гъуазджэмкIэ музей. 1965 гъэм Урысейм и щэнхабзэмрэ тхыдэмрэ я фэеплъхэр хъумэнымкIэ зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэр къызэрагъэпэщащ. Адыгэ тхакIуэ, СССР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат КIэрашэ Тембот къызэралъхурэ илъэси 111-рэ ирокъу. Композитор, уэрэджыIакIуэ, АР-м и цIыхубэ артист Тхьэбысым Умар къызэралъхурэ илъэс 94-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур сайтым зэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 26 – 27-рэ, жэщым градус 19 – 21-рэ щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30734.txt" }
Къэжэр Альберт Анзорей щыщIалъхьэжащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къыбгъэдэкIыу УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым хэта, шыщхьэуIум и 14-м автомобиль зэжьэхэуэм хэкIуэда Къэжэр Альберт дыгъуасэ КъБР-м и Лэскэн районым щыщ Анзорей къуажэм щыщIалъхьэжащ. Гуауэм кърихьэлIащ ФедерацэмкIэ Советым и лIыкIуэхэр, Парламентым и ипщэ палатэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Торшин Александр я пашэу, Ингуш Республикэм и ЦIыхубэ зэхуэсым и УнафэщI Дидигов Мухьэрбэч, Осетие Ищхъэрэ — Алание республикэм и Iэтащхьэ Мамсуров Таймураз, Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и Правительствэм и УнафэщI Къардэн Мурат сымэ зи пашэ гупхэр, КъБР-м и къэрал властым и органхэм, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, республикэм и щIыпIэ куэдым щыпсэухэр. Гузэвэгъуэ пэкIум къыщыщыпсалъэм КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен къыхигъэщхьэхукIащ и ныбжьэгъум икIи и лэжьэгъум блэкIа зэманым иту тепсэлъыхьыну хуабжьу къызэрехьэлъэкIыр. «Къэбэрдей-Балъкъэрым фIэкIуэдащ щалъхуа щIыналъэр, Кавказ Ищхъэрэр, зэрыщыту Урысей Федерацэр егъэлеяуэ фIыуэ зылъагъу цIыхур. Ар хуабжьу хуэсакъыу бгъэдыхьэрт езыр щалъхуа щIыналъэм пыщIа сыт хуэдэ Iуэхуми. Сыт хуэдэ IэнатIэ пэрымытами, Альберт Хьэту и къуэр лэжьыгъэм хуэжыджэру щытащ, псалъэкIи IуэхукIи цIыхухэм зэрадэIэпыкъуным хущIэкъуу, республикэм и жылагъуэ-политикэ гъащIэм зэреплъыр зэIухауэ жиIэу икIи пхигъэкIыу. Къэбэрдей-Балъкъэрым и Президентым и Администрацэм и УнафэщIу, иужькIэ федеральнэ мыхьэнэ зиIэ политикыу здэлажьэм, абы КъБР-м и сэбэп зыхэлъхэр ФедерацэмкIэ Советым, гъэзэщIакIуэ властым и федеральнэ органхэм жыджэру щыпхигъэкIыу екIуэкIащ. Ар цIыху зэIухат, нехьэкI-къехьэкI зымыщIэ политикт, ныбжьэгъу нэст, унагъуэлIт. ИкъукIэ гуауэщ къызэрымыкIуэ апхуэдэ цIыхур зэрытщIымыгъужыр. Къэжэр Альберт Хьэту и къуэм и фэеплъыр гъэлъэпIэнымкIэ Iуэху нэхъыфI дыдэу щытынущ иджырей зэманым хэзэгъа, зэпымыууэ ефIакIуэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр зэтегъэувэным хуэгъэзауэ ар зыщIэхъуэпсахэр гъэзэщIэныр», — жиIащ КъБР-м и Iэтащхьэм. ФедерацэмкIэ Советым и УнафэщI Матвиенкэ Валентинэ, сенаторым и лэжьэгъуу щытахэм я цIэкIэ Торшин Александр хэкIуэдам и унагъуэм хуэгузэващ. «ФедерацэмкIэ Советым ар щылэжьащ законхэр къэщтэным куууэ егупсысу икIи нэхъ захуэу къилъытэ Iуэхухэр зэрыпхигъэкIыным ерыщу хущIэкъуу. А псоми къадэкIуэу, абы жэуаплыныгъэми зыпыIуидзыртэкъым. Ар нэхъ щIалэхэм къащхьэщыжырт икIи абыхэм я ехъулIэныгъэхэм хуабжьу щыгуфIыкIырт. Къэбэрдей-Балъкъэрым иджыпсту зеужь икIи абы псоми гу лъатэ. Аращ Альберт Хьэту и къуэм хуэдэ цIыхухэм республикэр хуабжьу щIахуэныкъуэр. ИкъукIэ гуауэщ ар зэрытфIэкIуэдар», — къыхигъэщащ Торшин Александр. Гузэвэгъуэ пэкIум къыщыщыпсалъэм Кавказ Ищхъэрэм и республикэхэм я лIыкIуэ гупхэм я унафэщIхэм, дунейм ехыжам дэлажьэу щытахэм, и къуажэгъухэм къыхагъэщхьэхукIащ Къэжэр Альберт и IэщIагъэм хуэIэзэу, цIыху нэсу, ныбжьэгъу пэжу, щIалэгъуалэм я гъэсакIуэ IэкIуэлъакIуэу зэрыщытар. КъБР-м и Парламентым и спикер Чеченов Ануар жиIащ мы махуэхэм Урысейм и щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм, нэгъуэщI къэралхэм къикIыу Къэжэр Альберт зыцIыхуу щытахэм, дэлэжьахэм, и ныбжьэгъуахэм къабгъэдэкI телеграммэхэр къызэрыкIуэр икIи ахэр дунейм ехыжам и Iыхьлыхэмрэ и благъэхэмрэ, республикэм исхэм къазэрыхуэгузавэр. КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30737.txt" }
Зыгъэпсэхугъуэ махуэм Гупсысэхэр – псалъэкIэ Гъунэ зимыIэ фIыгъуэ МылIэжын щыIэкъым. ЦIыхур псэуху зытелэжьэн хуейр лъэужь дахэ дунейм къызэрытринэнырщ. Апхуэдэу псори фIы зыщIэ защIэ хъуатэмэ, а фIы защIэкIэ зэщIэнэхукI псоми дахагъэкIэ къахэлыдыкIынур псоми зыгуэркIэ ефIэкI зырызырт. Ар зэкIэ хъуэпсапIэ дахэми, гъэщIэгъуэнщ, фIы фIэкIа Iей щымыIэжу плъагъуну. Ауэ апхуэдэу щIы хъурейм щызэрахьэр ефIэкIуауэ щытами, фIым нэхъыфIыж щымыIэу зэи къэхъунутэкъым. ФIым и фIыжым щIэхъуэпсу цIыхур зэ хъуну пIэрэ, я гум Iей лъэпкъ къэмыкIыу? Дунейр гъэщIэгъуэныщэ хъунт! Дунейр къутэжыху Гуапагъэ щыIэмэ, пхуэмыгуэшын щыIэкъым. Унэр, дыщыпсэу пщIантIэр, уэрамыр, къэралыр, дуней дыдэр — псори гуэшащ Iыхьэ-Iыхьэурэ, цIыху къэс и Iыхьэ къылъысу. ФIы защIэкIэ пхуэмыгуэшын гуэри щыIэкъым. Зэдауэ-зэзауэ хэмылъу, дахэкIэ дызэгурыIуэн хуей къудейуэ аращ. Ди ужь итхэм къахуэдгъэнэфынури аращ — ди фIагъыр е ди Iеягъыр. Дунейр къутэжыху псэун щыIэкъым. Ди дунейр дахэ щхьэ дымыщIрэ?! Нэхущ Хьэжпагуэ. ЦIыхушхуэхэм я гупсыэхэр Насыпыр зэрызэхэлъыр Ныбжьэгъум нэхъ лъапIэ щыIэкъым; абы ипкъ иткIэ ныбжьэгъуфI щызэвгъэпэщын Iэмал зэи блэвмыгъэкI. Гвиччардини Франческэ. ЦIыху хахуэр бийм щышынэркъым, ныбжьэгъуращ зыгъэдзыхэр. Рюноскэ Акутакавэ. Насыпыр — пщIэн, фIыуэ плъагъун, узыщыгугъын ущиIэм дежщ. Богуслав Войнар. Уи зэфIэкIыр зырикIщ, Iэмал ущимыIэм и деж. Бонапарт Наполеон. ЦIыху щэджащэ ухъун щхьэкIэ гъащIэм къыббгъэдилъхьэ псори нэсу къэбгъэсэбэпын хуейщ. Ларошфуко Франсуа. Щымыуэр зыри зымыщIэу жейращ. Кампрад Ингвар. ЦIыхур къыщIалъхур и акъылкIэ псэун щхьэкIэщ. Толстой Лев. Фэ фщIэрэ? КъэкIыгъэцIэхэр Къандзэлыкъу — рододендрон кавказский Зей — кизил обыкновенный КIаплIэудз — мята Джатэ — пажитник Бзииху — липа Гуэгушыпэ — мышиный гиацинт Вэбдз — вех ядовитый КIэфий — дрема белая Къазмакъей — облепиха крушиновидная Арусыр — горец перечный, водяной перец Чэтэн — лён обыкновенный Чэщей — самшит Хъумбылей — хмель обыкновенный Псылъэудз — хвощ Пкъынэ — бальзамин ПкIей — клён. Хьэкъун Барсэбий. Шхыныгъуэхэр Джэдыл гъэва-гъэдия Джэд укIа гъэкъэбзар псы щIыIэкIэ ятхьэщI, кIуэцIфэцIыр зыхуей хуагъазэ, зэпкърамыхыу псы хуабэм халъхьэ, зэ къытрагъэкъуалъэ, тхъурымбэр къытрах. МафIэр цIыкIу ящIри, шыуаныщхьэр тепIауэ дакъикъэ 40 — 50-кIэ къагъавэ, зэзэмызи тхъурымбэр къытрахыурэ. ИтIанэ бжьыныщхьэ укъэбза, шыгъу, бурш мыхьэжа, шыбжий сыр зэгуэупщIыкIа халъхьэ. Абы иужькIэ джэдылыр хьэзыр хъуху ягъавэ, лэпсым къыхахыжри ягъэупщIыIу. Лэпсыр языж. Iэнэм щытрагъэувэкIэ, джэдыл зэпкърыхар тепщэчым иралъхьэ, шхурэ шатэкIэ щIа бжьыныху шыпс дыщIагъу. Дашх пIастэ щIыIэ, чыржын, щIакхъуэ. Халъхьэхэр (цIыхуий Iыхьэ): Джэд гъэкъэбзауэ — 1 (г 2500) Псыуэ — грамм 3000 Бжьыныщхьэ укъэбзауэ — грамми 100 Буршу (хьэдзэу) — 5 Шыгъуу, шыбжий сыру, бжьыныху шыпсу — узыхуейм хуэдиз. Нартыху хьэжыгъэ жэмыкуэ Шыуаным псы щIыIэ иракIэ, абы джэдыкIэ кугъуэ уда зыхэлъ шатэ хакIэ, фIыуэ зэIащIэри, мафIэм трагъэувэ. ЗэIащIэурэ дакъикъи 5 — 6-кIэ къагъавэ. АдэкIэ нартыху хьэжыгъэ ухуэнщIар хаудэри, тхъу къыщIидзыху, дакъикъи 10 — 15-кIэ, зэIащIэурэ ягъажьэ. Хьэзыр мэхъу щыжаIэм, зэIащIэурэ, кхъуей цIынэ упщIэта халъхьэ, шыгъушыпс щIыIэ хакIэ. Пщтыру Iэнэм трагъэувэ, шху щIыIэ и гъусэу. Халъхьэхэр (цIыхуитI Iыхьэ): Псы щIыIэу — грамми 100 Шатэу — грамм 500 ДжэдыкIэ кугъуэу — 1 Нартыху хьэжыгъэу — грамми 115-рэ Кхъуей цIынэу — грамм 40 Шыгъуу — узыхуейм хуэдиз. «Адыгэ шхыныгъуэхэр» тхылъым къитхыжащ. ГушыIэ Iуэхутхьэбзэхэм я уасэр ПсэупIэ-коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэм я уасэр зэрыт тхылъымпIэр къызыхуахьа лIым игъэщIагъуэу пщэфIапIэм щIэт и щхьэгъусэр къреджэ: — Линэ, мы сIэщIэлъ тхылъымпIэм тепщIыхьмэ, ди пхъэнкIийхэр «Лексус»-кIэ Iуаш, ди щIыхьэпIэбжэм хэлъ домофоныр роумингщ, ди пщIантIэр къэзыпхъэнкIыр администрацэм и Iэтащхьэрауэ хуэбгъэфащэ хъунущ. Мы усэ цIыкIуитIыр зытха Къандур Зейн КъуэкIыпIэ Гъунэгъум щыщ фотомодель цIэрыIуэщ. Зейн Амман къалэм щопсэу, куэд щIауэ литературэм дехьэх, и усэхэр тхылъ щхьэхуэу къыдэкIащ. Къандур Зейн Абджынэ Сыт щыгъуэ зэмани Пхыплъыф сэх-сэрейм. Пхыплъыфи абджынэм, КъэгъэщI уи дуней. Тхьэ закъуэрщ зыхулъэкIынур Псэм и къарум пэлъэщыну… Абыи лъэкIыну ар? Уэ пхулъэкIыну ар? КъызжеIэ пхузэфIэкIыну, Си фIэщ щIы пхулъэкIыну… А уи гуфIэкIэ нэпцIыр… А уи псэлъэкIэ нэпцIыр… ПцIы защIэу зэхэлъ дунейм Плъагъу закъуэрщ уи фIэщ пщIын хуейр… Ар пэж? Ар пэж? — Дунейм ехыжахэм я псэхэр Къэпсэужрэ, зыми имыщIэу, Сабий нэ кугъуэхэм я лъащIэр ЗыгъэпщкIупIэ ящIыжрэ, псэухэу? Мы ди гъащIэ гъэпцIагъэ дыджым Си щхьэфэцыр къысфIегъэтэджыр, Лъынтхуэ къэскIэ, сызэщIикъузэу, КъысфIыхохьэ шынагъэ узыр… А гупсысэм и нэщхъеягъуэр Си Iэпкълъэпкъым хыхьащ техьэгъуэу… Зэщхьэщимыхуу си акъылыр, СогъэщIагъуэ сыкъызэрелыр… КхъыIэ, сынишыж мы гъэрыпIэм, Мы си гъащIэм и шыгъушыпсыпIэм Сыхэшыж… Иджыри кIасэкъым… Уехыжыну дунейми — пасэкъым. Щхьэхуимытмэ, гур пхуэмыушэ — Сэ сожьэжыр, фыщыт узыншэу! ЗекIуэ Зыми емыщхь Китайр Урысейм и цIыхухэр нэхъыбэрэ зыгъэпсэхуакIуэ здэкIуэ къэралищыр дэнэ жаIамэ — Тыркур, Таиландыр, Испаниер жысIэнут. Ауэ ар пэжкъым. Ди лъахэгъу нэхъыбэм зыщагъэпсэхур Финляндиерщ, Китайрщ, Тыркурщ. Китайм туристхэр зэрызришэлIэфымкIэ дуней псом ещанэ увыпIэр щеубыд. Ар къызыхэкIыр абы щыIахэм нэгъуэщI планетэ лъэтауэ къазэрыщыхъурщ. А къэралым щекIуэкI гъащIэри, хьэуари, я шхыныгъуэхэри нэгъуэщIщ. Уеблэмэ, китай хьэпшыпхэри дагъуэншэщ, нэхъыфIхэр хамэ щIыпIэ ямышэу езыхэм къызыхуагъэнэж хуэдэщ. Китайм ущыкIуа япэ махуэм пшхын, уи ныбэ из зыщIын щумыгъуэтын хуэдэу къыпщохъу. ШхапIэм ущIыхьа нэужь, абджым къыхэщIыкIа стIол хъурей кIэрахъуэм телъхэм ущеплъкIэ, укъоуIэбжь: ананас гъэжьа, бдзэжьей тефтель, гинкго жыгым къыпыкIэу джэшым ещхь гуэр, хъарбызыр помидорым бгъурылъу (китайхэм помидорыр пхъэщхьэмыщхьэу къалъытэ), кIэртIоф къызэрыгуэкIри къыпхуэцIыхужынукъым, карамелым хакухьурэ ягъажьэри варенэ тракIэж, къэлэр зыдэлъ псыхьэлывэ, медузэ, лотос хуэдэхэм я гугъу сщIыххэркъым. Псом нэхърэ нэхъыщхьэр: китай пащтыхьхэр зэрагъэхьэщIэ Iэнэм хуэдэ къэбузэдрэ упэрытIысхьэмэ, зы цIыхум хуэзэу юани 100 (сом 500) къудей щIэптыну аращ. Китайм къипшынкIэ хъуну тыгъэ нэхъ лъапIэ дыдэр, дауи, шейщ. Ауэ япэ къэс шейр зыми фIэщIэщыгъуэнукъым. Сэ мурад сщIат си ныбжьэгъум Лю Ань Гуань Пянь шей къыхуздэсхьыну. Апхуэдэ фIэкIа ефэртэкъым жьы хъуа нэужьи дахэу, узыншэу псэуа китай пащтыхьгуащэ Цыси. Ар къэщэхуным фIыуэ зыхуэзгъэхьэзырат, ныбжьэгъу схуэхъуахэм шейм и цIэр китай иероглифхэмкIэ езгъэтхри мелуан бжыгъэкIэ къэралым щыIэ шей тыкуэнхэр къызэхэскIухьу щIэздзащ. Китайм шей къыщыпщэхуныр гупсэхугъуэщ, абы урагъэплъ, урагъэпэм къудейкъым, атIэ занщIэу, хабзэ псоми тету шей къыпхуащIри, урагъафэ. Ауэ а къэралым кофе къыщыбгъуэтыныр тыншкъым, уеблэмэ, хьэщIэщ нэхъ ехьэжьа дыдэхэми щыIэкъым. Кофеншэу мыпсэуф урысей туристым къыхуэнэжыр зыщ — кофе здишэнырщ. АтIэ зи гугъу сщIа шейр куэдрэ къэслъыхъуащ Пекин щегъэжьауэ Цендао (тенджыз Гъуэжьым и Iуфэм Iут къалэщ) нэс. Дэнэ сыIухьэми жэуапу зэхэсхырт «Мейо!» («ЗэкIэ диIэкъым»). Пащтыхьгуащэм и шейр къыщызгъуэтащ Пекин дэт Лянмацяо сату центрым. ГурыIуэгъуэт ар дэнэ дежи щIыщамыщэр — шейудз грамми 100-м сом 5 000 и уасэт. Си ныбжьэгъухэм къызжаIащ пащтыхьхэри пащтыхьгуащэхэри зэфэу щыта шей зэмылIэужьыгъуэ куэд, ашыкышхуэ из хъур, сом 300 хуэдизкIэ къызэрыпщэхуфынур. Китайм уи закъуэ укIуэу зыщуплъыхьын папщIэ визэ ухуейщ. Визэншэуи укIуэ мэхъу, абы щыгъуэм гупым уахэтыну аращ. Апхуэдэу нэхъыфIщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, гъуэгугъэлъагъуэ сыт щыгъуи пщIыгъунущ, цIыхуитхуу узэгъусэнущ, махуэ 15-кIэ зуплъыхьынущ. Китайм и хьэщIэщхэр къабзэщ, Iэхуитлъэхуитщ, европей мардэхэм йозагъэ. Номерым сыт щыгъуи щIэтщ электрошейныч, шей зэрыбгъэвэн, узэрефэн хьэкъущыкъу. Сыт щымыIэр жыпIэмэ, Wi-Fi щыбгъуэтынукъым, Интернетым уихьэн хуей хъумэ, и лъабжьэм укъехыу кIапсэкIэ уи компьютерым пыпщIэн хуейуэ аращ. Китайм ущыIэху фейсбукыр зыщыбгъэгъупщэ хъунущ, ар а къэралым щагъэлажьэркъым. КъищынэмыщIауэ, иджыри зы щхьэхуэныгъэ щыIэщ: узыщIэс номерым и бжыгъэр «8»-кIэ къыщIидзэ щхьэкIэ, ар еянэ къатым щыIэкъым. Къатыр къэзыгъэлъагъуэр етIуанэ бжыгъэращ. 8-р китайхэм бжыгъэ насыпыфIэу къызэралъытэм щхьэкIэ пагъэувэу аращ. Дудэ Еленэ. Псалъэзэблэдз ЕкIуэкIыу: 9. Хуабжьу сакъ зи хабзэ, щакIуэхэм щIагъуэу закъыпэщIэзымыгъахуэ хьэкIэкхъуэкIэ. 10. Пасэрей Урымым (Рим пащтыхьыгъуэ) я пащтыхь Юлий Цезарь зыукIахэм я пашэ. 11. ГъатхэкIэм, гъэмахуэпэхэм Iэрамэ хужьыбэ дахэу зи щхьэкIэр гъагъэ, бжьэм фо къызыпах жыг. 12. ТхъуцIынэ щIэпхумэ, къанэ псыр. 13. Зэгуамыгъэжу псэущхьэм траха фэ. 14. Сауд Хьэрып къэралыгъуэм, Эмират Зэгуэтхэм, Йеменым я гъунапкъэхэр зэуалIэ муслъымэн къэрал. 17. Хабзэншагъэ зылэжьахэр адыгэм зрадзэу щыта мащэ куу. 18. Iэщым, шым ялъагъу мыхъу бадзэжь. 19. Хьэкъущыкъу. 20. Гъэсыныпхъэ. 23. ХадэхэкI. 24. … дзыусщ. 25. Чы щIыкIэ къыумыгъэшар … хъуамэ къыпхуэгъэшыжыркъым. 30. Къуалэбзухэм, джэдкъазым ятет цы щабэ. 32. Хадэм зэрилэжьыхь. 33. Сабийхэр ирагъэгуфIэну илъэсыщIэм унэм щIагъэувэ жыг. 34. Дыгъэ … е нартыху … 35. Унэм щыщ Iыхьэ е ЩоджэнцIыкIу Iэдэм и повесть «… нэху». 38. Джэд … и пщIыхьэгъущ. 43. Цы закъуэ. 44. Ди щIыналъэм щыIэ псыежэх. 47. Къурш лъэныкъуэмкIэ къриху жьы щIыIэтыIэ. 48. ГъущI зэтеIулIа, зэтегъэва. 49. Зиусхьэн лъэпкъ. 51. Iэщым я щIымахуэ шхын. 53. Пасэрей адыгэ зэхуэс. 54. Жэм Iус. 55. … уэрэд. 56. ЦIыхубзхэм (цIыхухъу куэдми) къыздрахьэкI хьэпшып цIыкIу. 58. Кавказым щыпсэу нэхъ лъэпкъышхуэхэм ящыщ, мелуан зыбжанэ хъууэ. 60. Тафэ, щIыпIэ сэтей, гъавэ щIапIэ. 61. Илъэс 18 зи ныбжь щIалэр армэм дэкIащ къэралым … хуищIэну. Къехыу: 1. Удзыжь зыкъыпкIэрызыщIэ. 2. ЩIэжьей е къаз …, е джэду … 3. Дыщэр … хуэныкъуэкъым. 4. Адыгэ лъэпкъ. 5. Игъуэ нэмысу дунейм ехыжа къэбэрдей усакIуэ цIэрыIуэ. 6. ЦIыху хьэлэл. 7. Удз … е щхьэц … 8. Гъуэгу техьэ … 15. ГушыIэр … и щIасэщ. 16. Нартыхур бгъэлъалъэмэ, ар къонэ. 21. Бзу … 22. Iэщ цIыкIу. 24. Сэм и жаныпIэ е IэщэкIэ зэщIэузэда къарухэр. 26. Пасэрей хъыбарегъащIэ. 27. Гъунэгъухэм яйм хэмыгъуэщэн папщIэ джэдкъазым традзэ дамыгъэ. 28. ХьэгъуэлIыгъуэ зиIэ унагъуэм йохъуэхъу: «… кIыхь Тхьэм фхуищI!» 29. Къэзанокъуэ Жэбагъы и фэеплъыр зыдэт къуажэ. 31. Адыгэ фащэ щIыIутелъ. 33. Iэнэм телъ ерыскъыр лIы домбей мэжэлIам … хуэхъуакъым. 36. БжэIулъэ. 37. Ди республикэми, къэралми, нэгъуэщI щIыналъэхэми щикъухьа лъэпкъ. 39. Щыгъыным хищIэ хьэпIацIэ къэзылъэтыхь. 40. ГъэшхэкI. 41. Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ. 42. Банэ зытет удзыжь. Iэщым яшхыркъым. 45. Хъыджэбз ирахьэжьамэ е Iэщ, шы гуартэ ирахужьамэ, кIэлъыщIэпхъуэ гуп. 46. Акъыл зэпIэзэрытым хуэчэм щIалэ псынщIэ. 50. Цы кIэщI щабэ зытет щэкI Iув. 51. Аруан районым хиубыдэ къуажэ. 52. А унэцIэр зэрахьэ: Шумахуэ ХьэзрэIил игъэзащIэ «Уэрэ сэрэ» уэрэд цIэрыIуэм и псалъэхэр зытха журналист-усакIуэм; Къэбэрдей-Балъкъэр правительствэм и унафэщIым и къуэдзэ … Мухьэмэд. 53. «Си ныбжьэгъухэм сахэплъамэ, щэхуурэ сохъуапсэ, сэ си закъуэ фIэкI къэнакъым зимыIэ щхьэгъусэ, … — Iыхьэншэу, сыщхьэгъусэншэу, илъэсхэр макIуэ, ой-ра» — Балэ Мухьэдинрэ Мысачэ Петррэ я гушыIэ уэрэдым, ПащIэ Ахьмэд игъэзащIэм щыщщ. 57. Жьэ бзаджэ зыщIэт цIыху. 59. Ватикан къэрал жьгъейр зыдэт къа- лэ. Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ. ШыщхьэуIум и 3-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр: ЕкIуэкIыу: 5. Гуэныхь. 6. ЕнтIыр. 10. Сурэ. 11. Бел. 12. ПцIым. 14. «Нанэ». 15. Ибэ. 17. Нау. 19. IутIыж. 20. Щыбын. 21. Вабдзэ. 23. Шэмэдж. 26. Хъуэр. 27. Къуий. 28. Къаз. 33. Апэсы. 34. Махуэку. 36. Пшапэ. 37. Самэ. 38. Къру. 40. Къэб. 41. Сэмб. 44. Къуныжь. 45. «Нур». 46. Къады. 47. Бзыгъэ. 48. Бытыр. Къехыу: 1. Хьэкъурт. 2. Тхьэбзэ. 3. Берлин. 4. КъыпцIэ. 7. Псынабэ. 8. ГъумэтIымэ. 9. Фонащэ. 13. Мэжаджэ. 16. Бэв. 18. Ажэ. 22. Бзииху. 24. Къурш. 25. Пкъы. 29. Шапсыгъ. 30. Къэрмокъуэ. 31. ЖьакIэмыхъу. 32. ЛъэмбытI. 34. Мер. 35. Кугъуэ. 39. Уэншэку. 40. Къэрабэ. 42. Гъыбзэ. 43. Лашын.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30742.txt" }
Республикэм и япэ сабий хирургхэм ящыщт Илъэс 64-рэ ныбжьым иту мы гъэм мазаем и 20-м дунейм ехыжащ медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, РАЕН-м хэта Мэремкъул Валерэ Хьэсэн и къуэр. Профессор Мэремкъул Валерэ Мурадхэр зи куэда, къыхиха дохутыр IэщIагъэм псэ хьэлэлу пэрыта, лъагъуныгъэшхуэ зыхуиIа хирург гъуэзэджэ Мэремкъул Валерэ къызэрытхэмытыжрэ илъэс ныкъуэ ирокъу. Абы и фэеплъыр мыкIуэдыжынщ жыпIэкIэ ущыуэнукъым, къыдалъхуахэм я мызакъуэу, ар я гум илъынущ иригъэджахэми, къыдэлэжьахэми, зи узыншагъэр зэфIигъэувэжахэми. Мэремкъул Валерэ 1949 гъэм дыгъэгъазэм и 16-м Арщыдан къуажэм къыщалъхуащ. Курыт еджапIэ нэужьым Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и медицинэ факультетым дохутыр IэщIагъэм щыхуеджащ. Дзэм къулыкъу щищIащ. 1976 — 1980 гъэхэм ар дохутыр хирургыу, Налшык къалэ дэт медицинэ училищэм, КъБКъУ-м и медицинэ факультетым и егъэджакIуэу щытащ. Зи щIэныгъэм зезыгъэужьыну хъущIэкъу, лъагапIэщIэхэм хуэпабгъэ IэщIагъэлIым 1983 гъэм аспирантурэр къиухри, сабий хирургием ехьэлIа и диссертацэр пхигъэкIащ. Медицинэ щIэныгъэхэм я кандидат, КъБКъУ-м госпиталь хирургиемкIэ и кафедрэм и ассистент, сабий хирургиемкIэ курсым и унафэщI Мэремкъул Валерэ 1993 гъэм а кафедрэм и доценту хахащ. Узыншагъэм и плъыр, еш зымыщIэ дохутыр Мэремкъулыр абдежми къыщыувыIакъым — медицинэм щIэуэ къыхыхьэм зэрыхэгъуэзэным, абы зегъэужьыным и гуащIэ зэрыхилъхьэным яужь итащ. ЦIыхухэм я узыншагъэм и плъыр дохутыр IэщIагъэр къыхэзыха щIалэр илъэс бжыгъэкIэ Москва щылэжьащ икIи 2005 гъэм абы и доктор диссертацэр Къэрал медико-стоматологие университетым щыпхигъэкIащ. Зыужьыныгъэм хуэпабгъэ, мурадхэр зи куэд дохутыр гуащIафIэм педагогикэ, щIэныгъэ, егъэджэныгъэ-методикэ, узыншагъэр егъэфIэкIуэн я лъэныкъуэкIэ лэжьыгъэшхуэ зэфIихащ, къэралым и медицинэ IуэхущIапIэ нэхъыщхьэхэм и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ. Абы и щIэныгъэ-практикэ лэжьыгъэхэм, дохутырхэми, студентхэми ядригъэкIуэкIа, узыншагъэр хъумэнымкIэ практикэ Iуэхугъуэхэм ятеухуауэ къэралми дуней псоми тхыгъэ 80 къыщытехуащ. Иужь зэманым ар жыджэру хэтащ узыншагъэр зэфIэгъэувэжынымкIэ, сымаджэм еIэзэнымкIэ медицинэм и технологиещIэ Iэмэпсымэхэр зэхэгъэувэным, абы онкологие узыфэхэри хыхьэу. Хирургием и гугъуехьхэр зэфIэхынымкIэ сыт щыгъуи езым и Iуэху еплъыкIэ иIэжт, нэхъыбэми ар къыдаIыгъащ. Мэремкъул Валерэ IэщIагъэрэ щIэныгъэкIэ пыщIэныгъэ зыхуиIа, и егъэджакIуэу, чэнджэщэгъуу щыта цIыхушхуэхэу медицинэ щIэныгъэхэм я докторхэу, профессорхэу Степанов Эдуард, Абыдэ Муса, Винницкий Леонид, Бурков Игорь, Шевченкэ Вадим сымэ, нэгъуэщIхэми гуапэу ягу къагъэкIыж Мэремкъул Валерэ. Къыхэдгъэщынщи, абы и доктор диссертацэм и унафэщIу щытар дызэрыгушхуэ ди лъахэгъу, РАЕН-м иммунопатологиемкIэ и щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и унафэщI, академик, АМАН-м хэт Абыдэ Мусащ. «Гурэ псэкIэ зи IэщIагъэм етауэ щыта Мэремкъул Валерэ хуэдэ дохутыр нэс иджыри къытхыхьэным куэдрэ дыпэплъэнкIи хъунущ. Ар еш зымыщIэ, къэхутэныгъэщIэхэм хуэпабгъэ цIыху телъыджэт», — жеIэ естественнэ щIэныгъэхэмкIэ урысей академием и президент Кузнецов Олег. Зэ мыхъуми, ирехъу ар сыт хуэдэ лъэныкъуэкIи, Мэремкъулым хуэзам, ар гуапэу игу къимынэнкIэ Iэмал иIэтэкъым. Ар кърикIуэрт абы и IэщIагъэм, щIэныгъэм, и Iуэху бгъэдыхьэкIэм, дэплъагъу гумызагъагъэмрэ цIыхугъэ лъагэмрэ. Валерэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и япэ сабий хирургхэм ящыщ зыщ, Республикэ сабий клиникэ сымаджэщым и хирургыу щытащ (2005 гъэ пщIондэ). А къэрал кIэзонэ IуэхущIапIэм и гупми ящыгъупщэркъым Мэремкъулыр. «Валерэ зи IэщIагъэм хуэIэижь, чэнджэщэгъуфI дохутыр телъыджэт. Ар унэтIакIуэ гъуэзэджэт, абы и ущие куэд гъащIэм, лэжьыгъэм сэбэп къыщысхуэхъуащ», — игу къегъэкIыж сымаджэщым и сабий эндоскопие къудамэм и унафэщI, сабий хирург Елчэпар Хьэсэн. ТхакIуэ Сухомлинский В. А. и «Сердце, отданное детям» IэдакъэщIэкIыр зытеухуар Мэремкъулым хуэдэ дохутыр Iэзэхэрауэ къыщIэкIынщ. Зэгуэрым къеупщIат Валерэ «ГъащIэм сыт уи дежкIэ щынэхъыщхьэр», жаIэри. Абы жэуап кIэщIу иритащ: «Лъагъуныгъэшхуэ зыхузиIэ сабийхэрщ». БлэкIа зэманым иту Валерэ и цIэр къызэрытхьым гур хегъэщI. ГъащIэ кIыхь къыхуимыухами, Тхьэшхуэр унагъуэ насыпкIэ зыхуэупса, лэжьыгъэрэ IэщIагъэкIэ лъэужьыфIэу къэгъуэгурыкIуа адыгэлI нэсщ си къуэшыр (дэ зэкъуэшитIым драбынщ). Ар зи нэгум щIэтынухэм, абы и фэеплъыр зи гум щыпсэунухэм сэри сащыщщ. ЛIэщIыгъуэ ныкъуэм нэблагъэкIэ си лъахэм сыпэIэщIэу дзэ къулыкъу IэнатIэм пыщIауэ къекIуэкIа сэ республикэм къэзгъэзэжа нэужь ди адыгэбзэми, хабзэми сыхэзыгъэзэгъэжар Валерэщ. Абы ди анэдэлъхубзэкIэ къыдэкIа тхылъхэр нысIэригъэхьэрт, бзэр сIэщIэмыхун папщIэ. Псэуащ, щыIащ, лэжьащ… Зи цIэр блэкIа зэманым иту къэтхь си къуэшыр, мызэ-мытIэу къызэрыхэдгъэщащи, лъэужьыфIэу дунейм тета цIыхущ. И унагъуэкIэ зэкIужщ, бынитI иIэщ. И щIалэ Андемыркъан банкирщ. Ипхъу Марьянэ адэм и лъэужьым ирикIуащ, дохутыр IэщIагъэр къыхихащ, невропотологщ. Зэдэлъхузэшыпхъур унагъуэ дахэу мэпсэу. Абыхэм щапхъэ яхуэхъуащ я адэшхуэ Мэремкъул Хьэсэн. Ар Тэрчокъуэ Къамболэт зи унафэщI, Арщыдан къуажэм Лениным и цIэкIэ щыIа колхозым илъэс 40-кIэ бухгалтер нэхъыщхьэу щылэжьащ. Езы Валери, и бынхэми гъащIэм щызыIэрагъэхьа ехъулIэныгъэхэр псом япэ зи фIыщIэ, сыт щыгъуи ахэр ядэзыIыгъа щхьэгъусэ пэж, анэ гумащIэ, унагъуэм и гуащэ Лидэ дежкIэ хьэлъэщ и гъащIэ гъусэр къызэрыкъуэмытыжыр. Ауэ иIэщ и лъэужьым пызыщэн щIэбли — ар насыпщ. Мэремкъул лъэпкъыр дызэрыгушхуэ Валерэ мазаем и 20-21-рэ жэщым дунейм ехыжри, мазаем и 22-м и къуэрылъху хъыджэбз цIыкIур дунейм къытехьащ. Адэшхуэм и фэеплъу и къуэмрэ и нысэмрэ абы «Валерэм» и япэ хьэрфитIыр пагъэхури, Лерэ фIащащ. ЗэрыжытIащи, мы махуэхэм мазих хъунущ пщIэ зыхуэтщI, зыпэтщI щымыIэу фIыуэ тлъагъу ди къуэшыр къызэрытхэмытыжрэ. Псэ зыIут дэтхэнэми къыпэплъэ адрей дунейм къыщыхута Валерэ и ахърэтыр нэхурэ дунеягъэкIэ къэмыхъуапсэу и гур щигъэтIылъыну, жэнэт унапIэ хуэхъуну Тхьэм жиIэ! Ар тщыгъупщэркъым икIи сыт щыгъуи тщIыгъущ. Мэремкъул Лиуан.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30749.txt" }
Кэнжэрэ Брамтэрэ ФутболымкIэ хьэблэхэм я зэхьэзэхуэхэр екIуэкIащ. Налшык къалэ администрацэм физическэ щэнхабзэмрэ спортымкIэ и къудамэм, КъБР-м спортымрэ туризмымкIэ и министерствэм, «Урысей зэкъуэт» жылагъуэ партым и щIыналъэ къудамэу ди республикэм щыIэм зэгъусэу къызэрагъэпэща зэхьэзэхуэхэм хэтащ Налшык и Iэдииху, Брамтэ, Искож, Кэнжэ, Ипщэ-къухьэпIэ 5-нэ микрорайон хьэблэхэм я командэхэр. ФутболымкIэ олимп мыхьэнэ зиIэ школ хэхам и унафэщI, екIуэкIа зэхьэзэхуэхэм и судья нэхъыщхьэу хэта Гугъуэт Эдуард къызэрыджиIамкIэ, япэ увыпIэр Кэнжэм и командэм, етIуанэр — Брамтэм, ещанэр — 5-нэ микрорайоным къахьащ. Зэпеуэм хэтащ 2000 — 2001 гъэхэм къалъхуа ныбжьыщIэхэр. Джэду Думэсарэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30753.txt" }
Шахмат-шашкэ «Ладья» клубым «Ладья» шахмат-шашкэ клубым Физкультурникым и махуэм хухэха республикэ зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ. Абы хэтащ республикэм и спортсмен 54-рэ. ШахматымкIэ зэхьэзэхуэм бжьыпэр щаубыдащ Налшык щыщ Танэ Артуррэ Бахъсэн щIыналъэм и лIыкIуэ Джэдгъэф Чэмалрэ. Ещанэ увыпIэр зэдагуэшащ Налшык щыщхэу Цораев Альбертрэ Барутчев Артёмрэ. Сабийхэм ящыщу ехъулIэныгъэ зыIэрагъэхьащ налшыкдэсхэу Зурман Анжелэ, Кучинов Константин, Гороев Мухьэмэд сымэ. ШашкэмкIэ зэпеуэм пашэ щыхъуащ Шэджэм щыщ, спортымкIэ мастер МафIэдз Анатолэ. ЕтIуанэ, ещанэ увыпIэхэр Налшык щыщхэу Дал Барэсбийрэ Геккиев Аслъэнрэ яIэрыхьащ. Илъэс 16 иримыкъу щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ я деж Тэрч щIыналъэм щыщ Ахэмын Адисэ текIуэныгъэ къыщихьащ. ЕтIуанэ, ещанэ увыпIэхэр налшыкдэсхэу Чыл Амиррэ Шунгаров Мэсхьутрэ къахьащ. ЕхъулIэныгъэ зыIэрызыгъэхьахэм физическэ щэнхабзэмрэ спортымкIэ къалэ комитетым къыбгъэдэкI щIыхь тхылъхэмрэ медалхэмрэ хуагъэфэщащ. Къармэ Мажмудин бжьыпэр еубыд ШахматымкIэ «Абхъаз опен 2013» X дунейпсо зэхьэзэхуэм ипкъ иткIэ, шыщхьэуIум и 1-м щегъэжьауэ и 11 пщIондэ зэхьэзэхуэ зэIуха Сыхъум щекIуэкIащ. Зэпеуэм хэтащ Урысейм, Армением, Къэзахъстаным, Молдовэм, Украинэм щыщ спортсмен 200-м щIигъу. Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр абы щахъумащ ди спортсмениблым. Хъыджэбзхэм я зэпеуэм япэ увыпIэр къыщихьащ илъэс 11 зи ныбжь Егъэн Лианэ. Абы и дэлъху Iэлихъан, илъэсибгъу зи ныбжьым, илъэс 14 иримыкъу ныбжьыщIэхэм я зэпеуэм ещанэ увыпIэр щызыIэригъэхьащ. Налшык щыщ Къармэ Мажмудин ветеран 42-рэ зыхэта зэпеуэм бжьыпэр щиубыдащ. Саратов щыщ гроссмейстер Малинин Василий, спортым и мастер цIэрыIуэхэр хигъащIэри, физкультурникым и махуэм хухаха зэхьэзэхуэшхуэми ар пашэ щыхъуащ. КъБР-м Спортымрэ туризмэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30756.txt" }
Зэхьэзэхуэхэр Абазэ БетIал Сурдлимп чемпионщ ШыщхьэуIум и 5-м Болгарием и къалащхьэ Софие щызэхуащIыжащ дэгухэмрэ бзагуэхэмрэ я XXII Сурдлимп зэхьэзэхуэхэр. Абы къэрал 90-м щIигъум икIауэ хэта спортсмен 3500-м нэблагъэр дэгухэм папщIэ спорт лIэужьыгъуэу 19-кIэ зэпеуащ. Ди республикэм исхэр щыгуфIыкIащ Урысей Федерацэм футболымкIэ и командэ къыхэхам и текIуэныгъэм, абы ди лъэпкъэгъу Абазэ БетIал зэрыхэтам къыхэкIыу. Урысейм и командэм Германием и футболистхэр 4:1-уэ хигъащIэри, финалым Украинэм и командэми щытекIуащ. 1988 гъэм къалъхуа Абазэ БетIал дэгухэр щрагъаджэ интернат школу КъБР-м щыIэр къиухащ. 2010 гъэм КъБР-м щыщ дэгухэм я командэ къыхэхам хэту ар Ипщэ федеральнэ округым чемпион щыхъуащ. 2012 гъэ лъандэрэ «Алания» командэм (Осетие Ищхъэрэ-Алание) хэту мэджэгу. А гъэ дыдэ лъандэрэ УФ-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастерщ. Мы гъэм УФ-м щыщ дэгухэм футболымкIэ я командэ къыхэхам ираджащ. Батыр Марьянэ. Кикбоксинг Бразилиер къапоплъэ Шэджэм щIыналъэм щыIэ олимп резервхэр щагъэхьэзыр Сабий-ныбжьыщIэ спорт школым и гъэсэнхэу Борсэ Астемыррэ Жэгъуп ФэтIимэрэ Урысейм и гуп къыхэхам хэту кикбоксингымкIэ дунейпсо чемпионатым зыщыхуагъэхьэзыр еджэныгъэ-зыгъэсэныгъэ зэхуэсхэм ираджащ. Астемыррэ ФатIимэрэ Европэми дуней псоми чемпион щыхъуну хунэсахэщ. Мы гъэм и фокIадэм абыхэм а цIэ лъапIэхэр Бразилием щагъэпэжыну къапэщылъщ. Иджыпсту спортсменхэм зыщагъасэ тренер лъэщхэу дунейпсо класс зиIэ спортым и мастер ДыщэкI Аслъэнбэчрэ Сабий-ныбжьыщIэ спорт школым и тренер-егъэджакIуэ Сасыкъ Анзоррэ я деж. Тренерхэр арэзы тохъуэ я спортсмен ныбжьыщIэхэм ерыщагъ яхэлъу зэрызэрагъэхьэзырым икIи шэч къытрахьэркъым дунейпсо чемпионатым абыхэм зэфIэкI лъагэ къызэрыщагъэлъэгъуэнум. КIарэ Элинэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30759.txt" }
Си анэшхуэм срогушхуэ Адэ-анэм я лейуэ гуапагъэкIэ узыIэпызышэр, укъызыкъуэгушхукIыр анэшхуэрщ, адэшхуэрщ. Ахэрщ чэнджэщэгъу, ущиякIуэ нэс пхуэхъур, сытым щыгъуи къыпщхьэщыжыр. Абыхэм IэфIыгъэрэ гуапагъэу зыхыуагъащIэр уасэ зимыIэщ. Апхуэдэщ сызэрыгушхуэ си анэшхуэ Мыкъуэ (Пщыгъусэ) ХьэIишэт. Мыкъуэ ХьэIишэт. 1977 гъэ Сыт хуэдэ зэманми егъэджакIуэ IэщIагъэр пщIэ зиIэщ. КъэкIуэнум фIыкIэ узыщыгугъ щIэблэм щIэныгъэ, цIыхугъэ, хьэл-щэн дахэ яхэлъхьэныр лэжьыгъэ тыншкъым. Ар пхузэфIэкIын папщIэ зэфIэкIышхуэ уиIэн хуейуэ къыщIэкIынщ. Ауэ а лэжьыгъэ мытыншыр къызэхъулIэ цIыхухэри куэдщ. Абыхэм ящыщщ еджакIуэ IэщIагъэр зи псэм хэлъ, илъэс 47-кIэ ди Псыгуэнсу къуажэ дэт курыт еджапIэ №1-м хьэлэлу щылэжьа нобэ зи гугъу фхуэсщIыну ди нэхъыжьыфIри. 1942 гъэ бзаджэм халъхуат си анэшхуэр. Ар ящыщщ адэм и IэфIыгъэрэ гуапагъэрэ зыхэзымыщIа сабийхэм. Абы и адэр Хэку зауэшхуэм ираджэри къигъэзэжакъым. Сыт хуэдэ гугъуехьхэр игъэвами, ар къызыхуэна и анэ Кускэ ипIащ, игъэсащ, щIэныгъэ иригъэгъуэтащ. ТекIуэныгъэкIэ иуха Хэку зауэшхуэм и гугъуехьхэр мащIэу къызэранэкIауэ, мамыр гъащIэр щызэтеувэж лъэхъэнэм ныбжьыщIэр къуажэ школым кIуэри, ар 1960 гъэм къиухащ. А илъэс дыдэм ар Налшык дэт культпросветучилищэм щIэтIысхьащ. Илъэсищ дэкIри, ар ехъулIэныгъэхэр иIэу къиухауэ, Псыгуэнсу дэт школым макъамэмкIэ егъэджакIуэу уващ. Зи щIэныгъэм адэкIи къыпызыщэну, зезыгъэужьыну хущIэкъу цIыхубзым къыкIэлъыкIуэу 1967 гъэм педколледжыр къиухащ. 1979 гъэм РСФСР-м ПросвещенэмкIэ и министерствэм къищтащ макъамэмкIэ композитор Кабалевский Дмитрий и нэIэм щIэту ягъэхьэзыра программэщIэр. Си анэшхуэм и зэфIэкIым зиужьыным ар лъабжьэ хуэхъуауэ жыпIэ хъунущ. А программэщIэм теухуа зэдауэри куэдт, ауэ ХьэIишэт зэпкърыхауэ щыгъуазэ зищIри, абыкIэ лэжьэну мурад ищIащ, икIи къигъэув мардэхэм и гуапэу теуващ. Абы фIыуэ къыхихамкIэ ар ядэгуашэрт и лэжьэгъухэм, районым, республикэм и егъэджакIуэхэм. Школым пшыхь гъэщIэгъуэнхэр, зэIущIэхэр, семинар щхьэпэхэр щригъэкIуэкIын фIэфIт. КъБАССР-м ПросвещенэмкIэ и министерствэм программэщIэм лъэпкъ макъамэ хэгъэхьэныр къыщищтэм, республикэм и макъамэ щэнхабзэ материалхэмкIэ «Родные мелодии» хрестоматие къыдагъэкIащ. Абы къыщыхьа япэ классым и программэр къыхихри, си анэшхуэ ХьэIишэт ар адыгэбзэм къригъэтIэсащ. Ди бзэкIэ зэридзэкIа уэрэд 15 хигъэхьат а хрестоматием. ЦIыху емызэшыжым и лэжьыгъэм къыпэкIуащ щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр. ИужькIэ «ЦIыхубэ просвещенэм и отличник» дамыгъэр къыхуагъэфэщащ. 1983 гъэм «ЕгъэджакIуэ нэхъыжь» цIэр къыфIащащ. Илъэс куэдкIэ хьэлэлу и IэнатIэр зэрырихьэкIам папщIэ 1988 гъэм «Лэжьыгъэм и ветеран» медалыр къыхуагъэфэщащ. ЕгъэджакIуэу щытыну къэзылэжьыр гу къабзэрэ псэ хьэлэлрэ зиIэ цIыхурщ. Апхуэдэущ си анэшхуэр къызэрацIыхури. ЕгъэджакIуэхэми, еджакIуэхэми фIыуэ къалъагъу, къуажэдэсхэми пщIэ къыхуащI. Абы иригъэджахэм ящыщ куэд и лъагъуэм тригъэувэн хузэфIэкIащ. Макъамэм дригъэхьэхахэм яхэтщ зи гъащIэр абы езыпхахэр. Псалъэм папщIэ, пшынауэ хъуащ Къэзанш Хъусен. Ар щеджащ пшынауэ цIэрыIуэ Къуэдз Абубэчыр и деж. Иджырей щIалэгъуалэм ящыщ Къэзанш Ильянэ Налшык дэт ГъуазджэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ институтыр къиухащ, телевиденэм лэжьэн щыщIидзащ. Сэ срогушхуэ си анэшхуэм. Абы и чэнджэщхэр, сызригъэдаIуэ хъыбархэр, езым и гукъэкIыжхэр зыпэсщI щыIэкъым. Сэ схуэдэу ар фIыуэ ялъагъу адрей и пхъурылъху цIыкIухэми. Ар зи псэр псынэу къабзэ, зи бзэр щабэ, щIэблэр зыущий, зыгъэгушхуэ нанэ Iущабэщ. Апхуэдэщ пщIэ зыхуэтщI ди адэшхуэри. Анэшхуэм я нэхъ IэфIым, дадэ Борис къыпкъуэту, гуфIэгъуэмрэ дэрэжэгъуэмрэ ущымыщIэу, дыбдэгушхуэу куэдрэ утхуэпсэуну ди гуапэщи, ди нэхъыжьхэм Тхьэр узыншагъэрэ гъащIэ кIыхькIэ къыфхуэупсэ. Хьэсанэ Iэдэм.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30762.txt" }
Зеикъуэ телъыджэ Зеикъуэ къуажэм пэгъунэгъу лъагапIэхэм къыщагъуэта бгъуэнщIагъ нэхъ иным къыбгъэдэт Iуащхьэхэм ящыщ зыр пирамидэ IэрыщIым зэрещхьым гу лъатащ а жылэм щыщ щIалэхэм. Ахэр Тенджыз Азэмэт, Соблырхэ Арсен, Алим сымэщ. ЩэкIуэным пащI зэрыщымыIэм и фIыгъэкIэ ахэр ныбжьэгъу зэхуэхъуащ. ЩIалэхэм къыздакIухьым гу лъатащ мэз Iувым щIигъэнауэ Бахъсэн хэхуэж Зеикъуэпс цIыкIур къыздыщыщIидзэхэм пэгъунэгъуу щыт Iуащхьэм и къыгуэупIэхэр хуумыгъэфэщэн хуэдизу зэрыджафэм. Ар мывэ пхъэбгъум хуэдэу зэрызахуэр нэхъри нэрылъагъу хъуащ, абыхэм якIэрыпщIа щIыр къыкIэрагъэщэща иужькIэ. Ныбжьэгъухэм щIыпIэр щызэпаплъыхьым, захуабзэу зэхуэгъэкIуауэ зыр адрейм и гущIыIу къегъэщIауэ зэтелъ «мывэ пхъэбгъухэр» къалъэгъуащ. Нэхъ гъэщIэгъуэныжращи, ахэр зэрагъэубыдын папщIэ, абыхэм я зэхуаку ятIагъуэ теплъэ иIэу, ткIуаткIуэ гуэр дацIэлъауэ къыпщохъу. КъыщIеб-гъэгъурэ набдзэгубдзаплъэ дыдэу Iуащхьэ щыгур зэпэп-плъыхьмэ, абы тращIыхьауэ къыпщыхъу теувапIэри, абы хуэзышэж дэкIуеипIэри уи нэгу къыщIоувэ. Къуажэдэс ныбжьыщIэхэм гу зылъатахэм теухуауэ езыхэм яIэ Iуэху еплъыкIэр къаIуатэ Зеикъуэпс цIыкIум ищхьэхэмкIэ щыIа, лъахэхутэ цIэрыIуэхэу Котляровхэ Мариерэ Викторрэ. — ЛъэныкъуиплIымкIэ зыкъыхущIэзыIэтэ джабэхэр Iуащхьэ щыгум щызэхохьэж, — жаIэ абыхэм. — Бгым пирамидэ теплъэ нэхъри ирет ар зэрызэхэт туф блокхэми. Зэ еплъыгъуэкIэ ахэр цIыхуIэм зэпиупщIа фIэкIа къызэрыпщыхъун щыIэкъым, я зэпыхьэпIэхэр апхуэдизкIэ джафэщ, езыхэри захуабзэу зэтелъщи. АтIэ мы Iуащхьэм и къэунэхукIэм теухуауэ сытым дыщыгъуазэ? А упщIэм и жэуапыр иджыри хьэзыркъым. Туфыр, зэгуэр къибыргъукIыу щыта Iуащхьэхэр (вулканхэр) зыпэгъунэгъу бгылъэ щIыпIэхэм куэду узыщрихьэлIэ пкъыгъуэщ. Ди республикэм абы нэхъыбэ дыдэу ущрохьэлIэ Хьэрэ-Кхъуэрэ бгым и Iэгъуэблагъэм. Совет лъэхъэнэм ди къэралым щыпсэуа геолог цIэрыIуэ Ренгартен Владимир гу лъитауэ щытащ: «ЗэпцIауэ, зэфэзэщу къыпщыхъу туф абрагъуэм зыкIи зэпымыщIа Iыхьэхэр яхэтщ, — жиIэрт абы. — Апхуэдэ теплъэ зиIэ зэщхьэщыупщIыкIа пкъыгъуэхэр щыкуэдщ Зеикъуэрэ Бахъсэн гэс-рэ я зэхуаку дэлъ щIыналъэми…». Геологхэм къызэралъытэмкIэ, пщтырыбзэу Iуащхьэм къибыргъукI вулкан сахуэр щIэупщIыIуэжауэ щызэпцIыжкIэ зэгуочри, туфым блок-блоккIэ зэщхьэщыуда теплъэ иIэ мэхъу. Дапхуэдэу щытми, зи гугъу тщIы Iуащхьэм мы зэманым иIэ хъуа теплъэр цIыхухэм я Iэужьми, зыми емыупщIыж щIыуэпсым къигъэщIами IупщI къэзыщIынур абы теухуауэ ирагъэкIуэкIыну къэхутэныгъэхэращ. ЦIыхухэм яфIэтелъыджэ къэщIыгъэхэр щыкуэд Къэбэрдей-Балъкъэрым апхуэдэ зы иджыри иIэ зэрыхъуам шэч хэлъкъым. Нэхъри ар пэгъунэгъущ илъэситIым нэблэгъауэ щIэныгъэрылажьэхэми щIыпIаплъэ къызэрыгуэкIхэми къызэрагъэпэщ гупхэм увыIэгъуэ ямыIэу зэпаплъыхь, метр 80-кIэ щIы кIуэцIым ущIэзышэ, иджы цIэрыIуэ хъуа бгъуэнщIагъым. Ари, ищхьэкIэ зи гугъу тщIари Iуащхьэри зи IэдакъэщIэкIыр хэтми-сытми иджыри зэхэгъэкIа щIыкIэкъым. КЪУМАХУЭ Аслъэн.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30766.txt" }
Шэшэным къикIа хьэщIэхэр Шэрэдж районым жыджэру щагъэзащIэ «Къонакъ» щIыналъэ зэхуаку проектыр. Абы ипкъ иткIэ, мыбы щохьэщIэ Шэшэн Республикэм къикIахэр. Ахэр гуапэу зыхашащ Балъкъэр Ипщэ, Аушыджэр къуажэхэм щыпсэухэм. Ульбашевхэ Юсуфрэ Риммэрэ я унагъуэм Хъудырмэз къикIа илъэс 14 зи ныбжь Гебердуев Амырхъан, Ефэндыхэ Алимрэ Жаннэрэ — Первомайскэ станицэм щыщ, илъэс 16-м ит Махтемерзаев Ислъам ирагъэблэгъащ. Зы тхьэмахуэ зэхуакукIэ шэшэн сабийхэм зыщагъэпсэхунущ езыхэм ныбжьэгъу яхуэхъуахэу Ульбашев Альбертрэ Ефэнды Залымрэ я гъусэу, абыхэм унагъуэ IуэхухэмкIэ ядэIэпыкъунущ. «Шэшэн Республикэм и Курчалой районым дэ куэд щIауэ зэныбжьэгъу зэпыщIэныгъэхэр яхудиIэщ. Дэ абы дрогушхуэ. Дыщогугъ ди къуэш республикэм къикIа ныбжьыщIэхэм зыдрагъэблэгъа унагъуэхэр, абыхэм я Iуэху зехьэкIэр, щэнхабзэр ягу ирихьыну», — къыхигъэщхьэхукIащ проектыр Шэрэдж районым щыгъэзэщIэнымкIэ жэуап зыхь, щIыпIэ администрацэм и Iуэхухэр зезыхьэ Байсиев Хьэрун. «Дэ дызэрызэрыцIыхуу зэныбжьэгъу дыхъуащ икIи дяпэкIэ фIыуэ дызэхущытынущ», — жаIэ езы щIалэхэм. Адэ-анэхэм я фIэщ мэхъу «Къонакъ» проектым и фIыгъэкIэ Кавказ Ищхъэрэм нэхъапэм щызекIуэу щыта хабзэхэр къызэрыщIэрэщIэжынур, лъэпкъ зэныбжьэгъугъэр нэхъ быдэ зэрыхъунур. Районым щыпсэухэм хьэщIэхэр гуапэу ирагъэблэгъа къудейкъым, атIэ апхуэдэ дыдэу яфIэфIу езыхэм я бынхэри гъунэгъу республикэхэм ягъэкIуащ. Бабугент щыщ Башиев Асхьэт — Ингушым, Аушыджэр щыпсэу Бэрбэч Алихъан — Шэшэн Республикэм щохьэщIэ. Нэгъабэ Балъкъэр Ипщэм щыщ Асановхэ я унагъуэм щыщыIам къраха хьэщIагъэшхуэр гукъинэж щыхъуащ Грознэ къалэм щыпсэу Арсханов Тамерлан. Абы ар и анэ Маликэ хуиIуэтэжащ. Ар хуабжьу зи гуапэ хъуа цIыхубзым мы гъэм зэуэ иригъэблэгъащ КъБР-м щыщ ныбжьыщIитху. Кужоновэ Эльмирэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30768.txt" }
«Хьэблэ гуфIэгъуэ» Бахъсэн къалэм дэт Сабий творчествэмкIэ центрым зэфIэкIыу иIэр ирехьэлIэ цIыкIухэм я гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэр нэгузыужьу зэрагъэкIуэным. Хьэблэм и гуфIэгъуэ» фIэщыгъэм щIэту зэхагъэува программэм ипкъ иткIэ, къалэм щыIэ унэ зытетхэм ящыщ зым щыпсэу цIыкIухэм я нэгу зрагъэужьащ. Ахэр къэфащ, къуажэхьхэр къэщIэнымкIэ зэпеуахэщ. Сабийхэм я нэхъ цIыкIу дыдэхэми я зэфIэкI щагъэлъэгъуащ асфальтым сурэт тещIыхьынымкIэ зэхьэзэхуэми. КъызэгъэпэщакIуэхэм къызэралъытэмкIэ, мыпхуэдэ Iуэхухэм я гъэсэныгъэ мыхьэнэр инщ: сабийхэм я зэхэщIыкIым зэрызиужьым и мызакъуэу, езыхэри нэхъ гъунэгъу зэхуещI, я кум зэгурыIуэрэ гулъытэрэ къыделъхьэ. «Хьэблэ гуфIэгъуэм» хэта псори саугъэтхэмкIэ ягъэгуфIащ. НАТIЭ Лацэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30773.txt" }
Мэкъумылэр ягъэтIылъ «Шэджэм» мэкъумэш предприятэм силосыпхъэ нартыхур кIэрыхуншэу кърихьэлIэжащ. СХПК-м мы нартыху лIэужьыгъуэм гектари 170-м нэс хухихати, бэвагъ инкIэ мэкъумэшыщIэхэр игъэгуфIащ. Ипэ ита илъэсхэм зы гектарым силосыпхъэ нартыхуу центнер 250-300 къытрахамэ, мы гъэм ар 550-м нос. Хозяйствэм и унафэщI Щэуей Анзор апхуэдэ ехъулIэныгъэм и къежьапIэу къелъытэ дунейм и щытыкIэри, иджырей Iуэху бгъэдыхьэкIэщIэхэр куууэ къызэрагъэсэбэпри, гибрид нартыху жылапхъэфI зэрыхасари. «Ауэ псом я щхьэр, — жеIэ абы, — зи IэщIагъэм фIыуэ хэзыщIыкI икIи жэуаплыныгъэ ин яхэлъу Iуэхум бгъэдэт лэжьакIуэфIхэр дызэриIэрщ». «Шэджэм» СХПК-м нэгъуэщI къэралыгъуэхэм къраша жылапхъэкъым хисар, атIэ дищIри ди цIыхури зэса жыхуиIэхэрщ-(«Краснодарская 291», «Мэшыкъуэ». Къэлъытапхъэщ, бэвагъ къазэрыритым къищынэмыщIауэ, мы жылэхэр икIи зэрыпудыр. IуэхущIапIэм силосу «мэкъумылэ единицэ» центнер 35-рэ игъэхьэзыращ. ЖАНОКЪУЭ Хьэутий.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30776.txt" }
Гъуэгуанэм щынэхъ гугъур Лэскэн районыр къызэрызэрагъэпэщыжрэ илъэси 10 щрикъум ирихьэлIэу щIыналъэм и цIыхухэр Хазни-Баши бгым дэкIащ. Абы и щхьэщыгум ихьащ район администрацэм и унафэщIым и къуэдзэ Бажэ Дотий зи пашэ цIыху 30. «Гъуэгуанэм щынэхъ гугъур пэщIэдзэрщ. Абы щыгъуэщ дэтхэнэми щызэхищIыкIыр щхьэщыгум удэкIын папщIэ, уи псэр абы хуэбгъэхьэзырын зэрыхуейр»,- жеIэ Дотий. Хазни-Башир Лэскэн щIыналъэм и нэхъ лъагапIэ дыдэрщ. Ар Ташлы-Тала къуажэм и щIыбагъ къыдэтщ. Махуэм и кIэм, Хазни-Баши и щыгум, метр 4800-рэ лъагагъым, щыхатIащ «Лэскэн щIыналъэр илъэсипщI ирокъу» жиIэу зытетха бэракъыр. Бгым дэкIахэм ящыщу, нэхъ жы-джэру зыкъэзыгъэлъэгъуахэм саугъэтхэр хуагъэфэщащ. ГуIэтыж Залинэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30778.txt" }
Сирием къикIыжахэм ХьэтIохъущокъуэм и хадэм зыщаплъыхь Хьэсэней къуажэм и администрацэм, Налшык къалэм щэнхабзэмкIэ и паркхэм я зэгухьэныгъэм и дирекцэм, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и деж щыIэ ЩIалэгъуалэ советым я лIыкIуэхэм Сирием щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я сабийхэм я нэгу зыщрагъэужьащ ХьэтIохъущокъуэм и хадэм. Илъэси 3-м щегъэжьауэ илъэси 10-м нэс зи ныбжь цIыкIухэр сабий аттракционым яшащ, шэджагъуашхэ ирагъэщIащ, апхуэдэу урысыбзэр, адыгэбзэр зэгъэщIэным хуэгъэза джэгукIэ гъэщIэгъуэнхэр ирагъэлъэгъуащ. Сабийхэр а махуэм къезышэкIахэм яхэта, Хьэсэней къуажэм и администрацэм и лэжьакIуэ Гузеевэ Анжелэ къыджиIащ: «Зауэр псом хуэмыдэу сабийхэм я дежкIэ гузэвэгъуэшхуэщ. Ахэр къызыхуалъхуар гуфIэгъуэрщ, дахагъэрщ. Иджы цIыкIухэм Iэмал зэриIэкIэ нэхъыбэрэ ягу хэгъэхъуэн хуейщ». Мы Iуэхур къызэзыгъэпэщахэм я мурадщ адэкIи лэжьыгъэм пащэну икIи я гулъытэр сабий зеиншэхэм, зи узыншагъэкIэ гуныкъуэгъуэ зиIэхэм хуаунэтIыну. Уянаевэ Заринэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30782.txt" }
ФIыщIэ псалъэхэр Мазэ кIуам Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Интернет-сайтым тхыгъэ 240-м нэблагъэ къралъхьащ. Абыхэм ящыщу 68-р теухуащ псэупIэхэр ухуэным, къэщэхуным япыщIа Iуэхухэм. ЛэжьапIэкIэ ядэIэпыкъуну къелъэIуу Къанокъуэ Арсен зыкъыхуагъэзащ цIыху 16-м. Тхыгъэхэр къызыбгъэдэкIхэм ящыщу цIыху 26-р узыншагъэр хъумэнымрэ егъэджэныгъэмрэ, цIыху 21-р псэупIэ-коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэр тэмэму зэрызэфIамыгъэкIым егъэпIейтей. Апхуэдэу тхыгъэу 7-м мыхъумыщIагъэ зэмылIэужьыгъуэхэр зэрыщыIэр, тхыгъэу 11-м зэфIэгъэкIыпхъэу къалъытэ Iуэху пыухыкIахэр къыщыгъэлъэгъуащ. ЩIыпIэ унафэр зезыгъакIуэ органхэм, псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэм и IэнатIэхэм я лэжьэкIэм, къинэмыщI Iуэхухэм топсэлъыхь республикэм и цIыхуу 80-р. Къанокъуэ Арсен фIыщIэ къыхуащIу зыкъыхуагъэзащ цIыхуи 10-м. Сабий куэд зиIэ, Бахъсэн къалэм щыпсэу Доткъул Марианнэ хьэрычэт IуэхущIапIэ щхьэхуэ къызэIуихыну и мурадщ икIи абы папщIэ ахъшэкIэ дэIэпыкъуну республикэм и Iэтащхьэм лъэIукIэ зыкъыхуигъэзащ. Къанокъуэ Арсен и унафэкIэ КъБР-м Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм цIыхубзыр щыгъуазэ ищIащ «2012 — 2015 гъэхэм хьэрычэт IэнатIэ мыинхэмрэ курытхэмрэ зегъэужьыныр, абыхэм ядэIэпыкъуныр» республикэ программэ хэхам хиубыдэу республикэм и муниципальнэ щIыналъэхэм дызыхуэкIуэ мазэм сом мин 300-м нэблагъэ субсидиехэр иратын папщIэ конкурсхэр зэрырагъэкIуэкIыну щIыкIэм. Абы хэт хъунущ щIалэгъуалэ хьэрычэт Iуэху езыгъэжьэну зи мурадхэр (- цIыху щхьэхуэу илъэс 30-м щIимыгъуахэр, апхуэдэу зи ныбжьыр илъэс 30-м щхьэдэмыхахэм къызэрагъэпэща юридическэ IэнатIэхэр). Апхуэдэу субсидиехэр хухахынущ иджырей жыг хадэхэр хэсэнымкIэ, хадэхэкIхэр теплицэхэм щыгъэкIынымкIэ проект нэхъыфIхэр зэхэзылъхьахэм. Абы къыхэкIыу конкурсым хэт хъунущ КъБР-м и Iэтащхьэм лъэIукIэ зыкъыхуэзыгъэза цIыхубзри. Зэпеуэр зэрекIуэкIынум нэхъ зэпкърыхауэ цIыхухэм щыгъуазэ зыщащI хъунущ езы район администрацэхэм. «Дэшхуей хадэр» зи зыгъэпсэхупIэ сабийхэм я анэхэм къабгъэдэкIыу КъБР-м и Iэтащхьэм зыкъыхуигъэзащ Налшык щыщ Ягджян Татьянэ: «ФIыщIэ ин пхузощI мы щIыпIэм сабий джэгупIэ зэрыщебгъэщIам къыхэкIыу. Ауэ сынолъэIуну сыхуейт нэхъыщIэ дыдэхэм папщIэ пшахъуалъэ джэгупIэ къызэребгъэгъэпэщыну». Къанокъуэ Арсен и унафэкIэ а лъэIур игъэзэщIащ Налшык къалэм щэнхабзэмкIэ и паркхэм я зэгухьэныгъэм. «Искож» хьэблэм щыпсэухэм я цIэкIэ Мусукаевым и уэрамым пэгъунэгъу спорт губгъуэ цIыкIур щIэуэ къызэрахухьыжам папщIэ КъБР-м и Iэтащхьэм фIыщIэ къыхуищIащ Пажитновэ Наталье: «Иджы ди сабийхэм хуиту топ кърахуэкI мэхъу, гъуэгум телъэдэнкIэ мышынэу. Апхуэдэу хэхауэ фIыщIэ яхудощI махуэм жэщри пагъэувэурэ лэжьа икIи псори зыхуей хуэзэу зэтезыгъэувэжа лэжьакIуэхэм». Фигу къэдгъэкIыжынщ Шэджэм районым щыпсэухэм къагъэхьа тхыгъэхэм япкъ иткIэ, КъБР-м и Iэтащхьэм къэпщытэныгъэ хэха зэрыригъэкIуэкIар. Къапщтэмэ, ахэр къэлъэIуауэ щытащ Шэджэм етIуанэ къуажэм Лениным и цIэр зезыхьэ и уэрамымрэ «Кавказ» федеральнэ гъуэгумрэ я зэблэкIыпIэм светофор трагъэувэну. А щIыпIэм Къанокъуэ Арсен езыр кIуэри еплъащ икIи зыхуэфащэ министерствэхэмрэ щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэхэмрэ унафэ яхуищIащ мы Iуэхур икIэщIыпIэкIэ зэфIагъэкIыну. КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30785.txt" }
Мы махуэхэм ШыщхьэуIум и 17, щэбэт 1771 гъэм Екатеринэ ЕтIуанэм къэбэрдей цIыхубэм Щытхъу тхылъ къаритащ. Къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэшхуэ, Мысырым щыщ ди лъэпкъэгъу, мамырыгъэр хъумэнымкIэ Дунейпсо Ленин саугъэтым и лауреат Хъалид (Жэмбей) Мухьэдин къызэралъхурэ илъэс 91-рэ ирокъу. Филологие щIэныгъэхэм я доктор, АКъУ-м и профессор, КъШР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Тхьэркъуахъуэ Инус къызэралъхурэ илъэс 85-рэ ирокъу. СССР-м и цIыхубэ артист, уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Магомаев Муслим къызэралъхурэ илъэс 71-рэ ирокъу. Философие щIэныгъэхэм я доктор, КъШКъУ-м и профессор, КъШР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Абдокъуэ Станислав и ныбжьыр илъэс 67-рэ ирокъу. Тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Куэш Мырзэбэч и ныбжьыр илъэс 61-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэтекIыу щыщытынущ, шэджагъуэм уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 26 — 27-рэ, жэщым градус 18 — 22-рэ щыхъунущ. ШыщхьэуIум и 18, тхьэмахуэ УФ-м и Хьэуа флотым и махуэщ 1941 гъэм КъБР-м тхьэмахуэ щIыхьэху щекIуэкIащ. Абы къыщалэжьа сом мин 300-р Зыхъумэжыныгъэм и фондым халъхьащ. Къэрал лэжьакIуэ, генерал-лейтенант Ешыгуауэ Руслан и ныбжьыр илъэс 64-рэ ирокъу. УсакIуэ, радиожурналист Вындыжь Марие къыщалъхуа махуэщ. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 22 — 23-рэ, жэщым градус 17 — 19 щыхъунущ. ШыщхьэуIум и 19, блыщхьэ Гузэвэгъуэ хэхуахэм защIэгъэкъуэным и дуней-псо махуэщ 1942 гъэм Къардэн Къубатий Елъхъуэт (Осетие Ищхъэрэ) и деж бийм и кхъухьлъатитI къыщриудыхащ. 1991 гъэм ГКЧП-м СССР-м чрезвычайнэ щытыкIэ щигъэуват. Скульптор Уэзы Заурбэч къызэралъхурэ илъэс 82-рэ ирокъу. КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ БищIо Анатолэ и ныб-жьыр илъэс 78-рэ ирокъу. Тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Къэжэр Валерэ къызэралъхурэ илъэс 64-рэ ирокъу. Режиссер, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Дэбагъуэ Роман и ныбжьыр илъэс 48-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 25 — 29-рэ, жэщым градус 16 — 20 щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30788.txt" }
Къуэдзокъуэ Сосрыкъуэ дунейпсо дыщэр къытхуехь Алыдж-урым бэнэкIэмкIэ ныбжьыщIэхэм Болгарием и къалащхьэм щрагъэкIуэкIа дунейпсо чемпионатым Къуэдзокъуэ Сосрыкъуэ щытекIуащ. Килограмм 84-рэ зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм Бахъсэн районым щыщ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм къыщалъхуа ди щIалэм къыщыпэлъэщын къыхэкIакъым — абы и хьэрхуэрэгъу псори хигъэщIащ икIи дуней псом и чемпион хъуащ. Финалым абы къыщытридзащ Ираным икIа Гадериан Юсеф Ахьмэд. Къуэдзокъуэ Сосрыкъуэ, нарт лIыхъужьхэм хуэдэу, уащхъуэдэмыщхъуэу нэгъабэ лъандэрэ текIуэныгъэ ин зыбжанэ къехь. Япэ щIыкIэ ар Урысей Федерацэм щынэхъыфI хъуащ. КъыкIэлъыкIуэу Европэм пашэныгъэр щиубыдащ. Иджы чэзур дуней псом къылъысащ. Сосрыкъуэ Мэзкуу дэт ФизкультурэмкIэ институтым щоджэ. Ар зэрысабий лъандэрэ спортым дехьэх. Абы и япэ тренеру щытащ ди республикэм щыцIэрыIуэ Тезадэ Хьэсэн. Иджыпсту ар егъасэ Къардэн Анзор. Урысей Федерацэм и щыхьэрым и Ипщэ-КъухьэпIэ административнэ щIыналъэм мы гъэм и пэщIэдзэм щрагъэкIуэкIа зэпеуэ-еп-лъыныгъэм Къуэдзокъуэ Сосрыкъуэ щытекIуащ икIи «2012 гъэм Мэзкуу и спортсмен нэхъыфI цIэр» къыхуагъэфэщащ. Ар дунейпсо классымкIэ спортым и мастерщ икIи къэкIуэну дахэ зиIэщ. Болгарием щекIуэкIа дунейпсо зэпеуэм Урысей Федерацэм и командэ къыхэхар щытекIуащ. Абы и спортсменхэм дыщэ медалу плIырэ дыжьынрэ жэзу зырызрэ зыIэрагъэхьащ икIи очко 65-рэ къалэ-жьащ. АдэкIэ къакIэлъокIуэ Азербайджанымрэ (очко 47-рэ) Иранымрэ (42) я бэнакIуэхэр. Жыласэ Заурбэч.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30791.txt" }
Адыгэ кхъужьым и махуэ Адыгей. Нобэ «Руфабг псыкъелъэхэр» утыкум «Адыгэ кхъужьым и махуэ» зэхыхьэшхуэ щекIуэкIынущ. Адыгейм Туризмымрэ курортхэмкIэ и комитетыр и щIэгъэкъуэну ар «Руфа-Тур» ЗАО-м къызэригъэпэщащ. Илъэс етIуанэ хъуауэ ирагъэкIуэкI махуэшхуэм сыхьэт 11-м и ныкъуэм щIидзэнурэ пщыхьэщхьэ хъуху къыпищэнущ икIи «Кавказ» гупым и концерткIэ иухынущ. Абы кърихьэлIахэр псыкъелъэм пэмыжыжьэу лIэщIыгъуэ куэд хъуауэ къыщыкI кхъужьей жыгхэм дэпщеину, кхъужь къыпачу зыIуагъэхуэну къызэрагъэпэщынущ. Кхъужьыпсхэр, шхыныгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр утыку кърахьэнущи, абыхэм я IэфIагъыр зрагъэщIэну Iэмал яIэнущ. Зэпеуэ, викторинэ, джэгу зэмылIэужьыгъуэхэр ирагъэкIуэкIынущ. Адыгейм и щIыпIэ телъыджэхэм ящыщщ, Кавказ Ищхъэрэм и тхыдэм мыхьэнэшхуэ щызиIэ гъэщIэгъуэнщ, адыгэ жыггъэкIыным и щхьэхуэныгъэщ пасэрей адыгэ жыг хадэхэр. Махуэшхуэм и мурад нэхъыщхьэр лъэпкъ хабзэхэр къэIэтыжынырщ, абы щIалэгъуалэр дегъэхьэхынырщ, Адыгейм и пасэрей унэцIэхэм я тхыдэм, адыгэ щэнхабзэм и къежьапIэм гу лъегъэтэнырщ, а псоми къыдэкIуэу къыддэгъуэгурыкIуэ хабзэхэр, таурыхъхэр, тхыдэм къыщыхъуахэр зэфIагъэувэжкIэрэ, турист нэхъыбэ кърашэлIэнырщ. Сочэ щызэIуощIэ Абхъаз. Урысеймрэ Абхъазымрэ я президентхэр шыщхьэуIум и 15-м Сочэ щызэIущIащ. Путин Владимиррэ Анкваб Александррэ лъэныкъуитIыр зэрызэдэлэжьэнум тепсэлъыхьащ. Я зэдэлэжьэныгъэ-зэпыщIэныгъэхэм къыдэкIуэу, къэрал Iэтащхьэхэр къытеувыIащ Абхъазым и Гагрэ, Очамчыр районхэм къыщеха псыдзэм кърикIуам и лъэужьхэр гъэкIуэдыжыным, абы текIуэдэну мылъкум и хэкIыпIэхэм. Фигу къэдгъэкIыжынщи, мы гъэм и бадзэуэгъуэ — шыщхьэуIу мазэхэм Абхъазым и языныкъуэ щIыналъэхэм уэшхышхуэ къыщешхащ. Абы и зэран екIащ псэупIэ унэхэм, хэщIыныгъэ ягъуэтащ мэкъумэш хозяйствэм, ухуэныгъэхэм. ЩIы Iуэхум топсэлъыхь Къэрэшей-Шэрджэс. Республикэм и Iэтащхьэ Темрезов Рашид Мылъкумрэ щIы Iуэху зэхущытыкIэхэмкIэ министерствэм къалэн щищIащ мэкъумэш хозяйствэм хуэунэтIа щIыхэр муниципалитетхэм я нэIэ щIигъэувэну. — Административнэ лъэпощхьэпохэр дгъэмэщIэн папщIэ Черкесск къалэм къегъэщIылIа щIыхэр муниципалитетхэм я унафэм нэгъабэ щIэдгъэуващ. Абы и сэбэп екIащ хьэрычэтыщIэхэми, къызэрыгуэкI къалэдэсхэми икIи щIы Iуэхур зэфIахын папщIэ лъэIукIэ министерствэхэр къызэхакIухьын хуеижкъым,- жиIащ Темрезовым. Апхуэдэуи Iэтащхьэм къыхигъэщащ къэрал, муниципальнэ Iуэхутхьэбзэхэр егъэфIэкIуэн, нэхъ псынщIагъуэ щIын зэрыхуейр. Абы папщIэ псори зэгъэуIуауэ щызэфIах центр къызэIуахащ. УЭРДОКЪУЭ Женя.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30796.txt" }
КъБР-м щыхохъуэ Мы гъэм и япэ мазихым республикэм ику ит улахуэр сом 17293-рэ щыхъуащ. Ар нэгъабэ и апхуэдэ лъэхьэнэм елъытауэ процент 15,4-кIэ нэхъыбэщ. Зэрыщахуэ уасэхэм зэрыхэхъуэм тещIыхьауэ, нобэ ахъшэу къаIэрыхьэм иджы проценти 5,9-кIэ нэхъыбэ къыщIокI. Къэбэрдей-Балъкъэрстатыр и тегъэщIапIэу, республикэм Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм социальнэ IуэхухэмкIэ и къудамэм къызэрыщыджаIамкIэ, мэкъуауэгъуэ мазэм ику ит улахуэр сом 18753-м нэсащ икIи абы процент 16,7-кIэ хэхъуащ. УФ-м и Президентым и Указхэм япкъ иткIэ, бюджет IэнатIэхэм ику ит улахуэр къызэрыщаIэтам а Iуэхур щIигъэпсынщIащ. Къапщтэмэ, егъэджэныгъэмрэ узыншагъэр хъумэнымрэ я IэнатIэхэм ику ит улахуэм процент 27-кIэ, процент 42-кIэ щыхагъэхъуащ икIи ахэр, зэ- рызэкIэлъыкIуэм хуэдэу, сом 17598-м, сом 17190-м нэсащ. Ухуэныгъэм и IэнатIэхэми нэгъабэ и мэкъуауэгъуэ лъандэрэ мазэ хьэкъым хуэдэ зырэ пщIанихкIэ щыхэхъуащ. Мы зэманым ар сом 14186-рэ мэхъу. БАЛЪКЪЭР Мылэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30799.txt" }
Дакъикъэ лей диIэкъым «Мэшыкъуэ-2013» Кавказ Ищхъэрэ щIалэгъуалэ форумым шыщхьэуIум и 15-м егъэджэныгъэ лэжьыгъэхэм щыщIидзащ. Проектым ехьэлIа дерсхэр пщэдджыжьым екIуэкIа нэужь, щхьэж и унэтIыныгъэм теухуа лекторийхэм зэбгрыкIащ. Псалъэм папщIэ, «Информационные технологии» унэтIыныгъэм хэт ныбжьыщIэхэр «Секреты копирайтинга», «Механика социальной рекламы», «Блогер как активная гражданская позиция» лекцэхэм щIэсащ. Кавказ Ищхъэрэм и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и Iэтащхьэ Мусаев Ражап къызэхуэсахэм къыджиIащ щIыналъэм блогер IуэхущIафэм зэрызыщиужьым, абы къыхэкIыу щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ абы гулъытэ хэха хуащIыну къыхуриджащ. «Волонтерство» унэтIыныгъэр къыхэзыха щIалэгъуалэр щIэсащ цIыху мин 25-м я гупсысэр зэрыбунэтIынум, проектхэр зэхэлъхьэным и технологиер щызэрагъэщIа лекцэхэм. Сэ къыхэсха унэтIыныгъэр «Творчествэмрэ щэнхабзэмрэщ». Режиссурэм, проектированием нэхъ гъэщIэгъуэну узэрыбгъэдыхьэнум, нэгъуэщIхэми дыхурагъаджэ. ШыщхьэуIум и 16 пщэдджыжьым щегъэжьауэ щIэныгъэр хэзыгъахъуэ лекцэхэр диIащ, итIанэ шоу-бизнесым хэлъ щхьэхуэныгъэхэм IэщIагъэлIхэр къытхутепсэлъыхьащ. «Comedy Club» нэтыным и продюсер Ляпоров Алексей, театрымрэ киномрэ я актер Жалнин Ярослав, телевиденэм, циркым, кином я актер Гусенгаджиев Мухътар сымэ гъэщIэгъуэн куэд къыджаIэжащ, я IэщIагъэм и щэхухэм дыхагъэгъуэзащ. Хуабжьу гукъинэж хъуащ Псыхуабэрэ Абхъазымрэ я КВН гупхэм я лIыкIуэхэр къызэрытхыхьар. Абыхэми псалъэмакъ щхьэпэ драгъэдэIуащ. «Мэшыкъуэ-2013» зэхыхьэр хуабжьу гъэщIэгъуэну йокIуэкI, лекцэ зэмылIэужьыгъуэхэм щIэс зэныбжьэгъухэр къыщIэкIыжа нэужь, зэдогуашэри, дэнэкIэ сыт щекIуэ-кIми зэрощIэ. Пщэдджыжьым сыхьэтипщIым щыщIэдзауэ, пщыхьэщхьэр хэкIуэтэху зы дакъикъи лейуэ диIэкъым, егъэджэныгъэ дерсхэмрэ лекцэ къыхэхахэмрэ йокIуэкI. КъищынэмыщIауэ, абыхэм жыджэру, псалъэмакъым уи гупсысэр къыщыбгъэлъагъуэу ухэтын хуейщ, иужькIэ сэбэп къыпхуэхъужыну гулъытэхэр зэхуэпхьэсын папщIэ. Щомахуэ Залинэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и корреспондент. Псыхуабэ къалэ
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30802.txt" }
Сэрмакъ и губгъуэщIэр Дзэлыкъуэ районым щыщ Сэрмакъ къуажэм щыпсэухэу футбол джэгуным дихьэххэм иджы яIэщ я Iэзагъэм щыхагъэхъуэн губгъуэщIэ. ЗыхуэпапIэ-зытIэщIыпIэхэр, зыгъэпскIыпIэхэр, гъэсакIуэмрэ судьяхэмрэ папщIэ пэшхэр зыхэт унэ, абы губгъуэ зэпэщи иIэжу, дащIыхьащ Сэрмакъ дэт ещанэ курыт школым и пщIантIэм. Апхуэдэ саугъэт къуажэдэсхэм яхуэзыщIар КъБР-м и «АММ-Союз» ухуакIуэ компанием и генеральнэ директор Лы-джыдэ Аслъэнщ. Апхуэдэуи Лыджыдэм къуажэм и «Союз Сармаково» футбол командэм фащэщIэхэри къахуищэхуащ. А псори хъарзынэщ, ауэ Сэрмакъ къуажэр зи инагъым дежкIэ зы футбол губгъуэр мащIэIуэщ, сыту жыпIэмэ, а джэгукIэ лIэужьыгъуэм республикэм зэрызыщиужьыр, абы кIуэ пэтми цIыху нэхъыбэ зэрыдихьэхыр нэрылъагъущ. Ар къалъытауэ, иджыри апхуэдэ зы губгъуэ хуащIынущ къуажэдэсхэм. Узыншагъэр щрагъэфIакIуэ-физкультурэ комплексым къедза щIыпIэм мыгувэу щаухуэнущ IэрыщI губгъуэ зиIэ футбол джэгупIэ. «АММ-Союз» ухуакIуэ компанием и лэжьакIуэхэм а щIыпIэр захуэ ящIащ, абы мывэкIэщхъ, пшахъуэ тракIутэри яубэжащ. БЖЬАХЪУЭ Маринетэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30809.txt" }
СыткIи арэзы дыкъещI Гъэ еджэгъуэщIэм щIидзэжыным къэнэжар махуэ бжыгъэщ. Абы зыхуагъэхьэзыру школхэм щекIуэкI зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр и кIэм ноблагъэ. Апхуэдэу Лэскэн районым хыхьэ Лэскэн ЕтIуанэ къуажэм дэт курыт школыр гъэ еджэгъуэщIэм зэрыхуэхьэзырыр зэдгъэщIэну зыхуэдгъэзащ абы и унафэщI Гъурф (Лий) Замирэ. — Сэ сызэреплъымкIэ, сабийм унэ етIуанэ хуэхъу еджапIэр сыт и лъэныкъуэкIи зэпэщу щытын хуейщ, — жеIэ Замирэ. — Нэхъыщхьэращи, абы къабзагъэр щытепщэу щытыпхъэщ. Илъэс къэси хуэдэу мы гъэми партэхэр, бжэ-щхьэгъубжэхэр длащ, пэш лъэгухэр зыхуей хуэдгъэзащ. Классхэм щIэт уэздыгъэхэм екIуалIэ ток кIапсэхэм я щытыкIэр къэтпщытащ. Батарейхэм я лэжьэкIэм дыкIэлъыплъащ, абыхэм псы зэрекIуалIэ бжьамийхэр едгъэгъэкъэбзащ. Школым и щIыхьэпIэм хэлъ бжэр зэтхъуэкIащ. ЖыпIэнурамэ, еджапIэм и кIуэцIым дигу зыхуэныкъуэу ди Iэр зылъэдмыгъэIэса къэдгъэнакъым. Иджы ди лэжьакIуэхэм школ пщIантIэр зыхуей хуагъазэ, удзхэр паупщI, гъэгъахэр къыхагъэкI, ахэр къызэрыухъуреихьа мывэхэм сэху тракIэ. ЗэфIэдгъэкIын хуей Iуэху нэхъыщхьэу къытхуэнар Шортэн Аскэрбий и фэеплъыр зэредгъэхьэжынырщ. Мыгувэу абы иужь дихьэнущ икIи школ щIэтIысхьэжыгъуэр къэмысу ари зэфIэдгъэкIынущ. Мы гъэм сыткIи арэзы дыкъищIу зыхуэдгъэхьэзырыжащ гъэ еджэгъуэщIэм. Дыщогугъ адэкIэ ди еджакIуэхэм арэзы дыкъащIу гъэ еджэгъуэр ирахьэкIыну. МЭРЕМЫКЪУЭ Динарэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30811.txt" }
Ди щIыпIэхэр фIыуэ тцIыхурэ?! Хьэлэмэтыр матэм илъщ, гъэщIэгъуэныр гъуанэм исщ, жытIэу щытащ дыщысабийм щыгъуэ. А псалъэхэм къарыкIыр и кIэм нэсу къыщыбгурыIуэр хьэлэмэтым е гъэщIэгъуэным урихьэлIа иужьщ, дауи. Матэм илъыр къипхыфынущ, и лъащIэми улъэIэсыфынущ, ауэ гъуанэм лъабжьэ имыIэнкIи хъунущ… Сэ сыкъыщалъхуащ МэлгъэбэгкIэ зэджэ жылэ цIыкIум. Ар хеубыдэ Осетие Ищхъэрэ-Алание республикэм. Адыгэхэм нэмыщI къуажэм дэсщ булгъархэри. Языныкъуэхэм «гагаузы» жаIэ абыхэм щхьэкIэ. Булгъархэм я бзэр пэгъунэгъущ балъкъэрыбзэм. Езыхэр цIыху дахэщ, я фэкIэ адыгэми балъкъэрми къыдэщхьщ. Ди щIалэхэм къашащ абыхэм япхъу, ауэ ди адыгэ хъыджэбз а лъэпкъым яхыхьауэ сщIэжыркъым. Мэлгъэбэг дэс адыгэхэр Къаншыуей (Курп Ищхъэрэ) иIэпхъукIахэрщ. Сэ а жылэм сыкъыщыхъуами, ди адэ-анэр къыщалъхуар Къаншыуейрщ. Мызэ-мытIэу тетхыхьащ а къуажэми, абы и щхьэкIэ щыIэ Инарыкъуей, Ислъэмей жылагъуэхэми. Ауэ, сэ гу лъывэзгъэтэну сыхуейт мы щIыпIэхэмкIэ щыIэ хьэлэмэт гуэрхэм. Псоми ящIэ цIыхур псы здэщымыIэ щIыпIэ зэрымыIэпхъуэр. Тэрч районым хыхьэ Ислъэмеймрэ Инарыкъуеймрэ я Iэгъуэблагъэхэми къуэ кууум дэту псыхъуэ щыIэщ. Ар мышкъыш-шэшэн лъэныкъуэмкIэ къокIри, Ислъэмейм къэмыс щIыкIэ километр бжыгъэкIэ щIым щIолъадэ. Псым Ислъэмейри Инарыкъуейри къиуха нэужь, Къаншыуей къуажапщэм къыщыщIожыжри, абыи Мэлгъэбэги блож, адэкIэ Хьэмидеймрэ Сухотскэ жылэмрэ я зэхуакум Тэрч щыхохуэж. Зи гугъу сщIа къуэм, Инарыкъуеймрэ Ислъэмеймрэ деж щыIэм, куэд щIакъым мамонтым и дзэхэр къыщагъуэту хъыбар зэрагъэIурэ. Сыт лIэщIыгъуэ мы щIыпIэм а псэущхьэр щыщыпсэуар?! МызэкIэ ар дызылъэмыIэсыфыну Iуэхуу щытми, зы гъэщIэгъуэнщ… Инарыкъуейм иIэщ «мэз IуащхьэшэдкIэ» еджэу гуэл хьэлэмэти. Абы ит псыр уефэнкIи къэбгъэсэбэпынкIи фIыщ, къабзэщ. Гъэмахуэм гуэлым псыр изу итщ, бжьыхьэ зэманыр къыщысым метр бжыгъэкIэ йотIысэх. «Мэз Iуащхьэшэдым» къыхашу Ислъэмей, Инарыкъуей къуажитIым псы дашэну я гугъат, арщ-хьэкIэ абы и лъащIэр зыхуэдэр нэхъапэ къэхутэн хуейуэ къалъытэри, Iуэхур къызэтрагъэувыIэжат. ЩIэныгъэлIхэр ирагъэплъами, къахуэхутакъым псым и лъащIэр. «Мыр дутIыпщмэ, псыр здэжэнумкIэ щыIэ жылэхэр тфIихьынщ», жаIэщ, тешыныхьыжри, ягъэбыдэжащ. Къуажэр зыхуеину псыри нэгъуэщI щIыпIэкIэ кърашащ. Къаншыуей удэкIауэ Мэлгъэбэг ущыкIуэкIэ къуэ иIэщ, «Некрасов и къуэкIэ» еджэу. Лъэмыж цIыкIум уижрэ бгым метри 9 — 10 хуэдизкIэ удэкIуеймэ, чырбыш плъыжькIэ къищIыкIауэ иIа щIыунэм ухуозэ. Абы къыхэнэжар чырбыш плъыжь къутахуэхэрщ иджыпсту. Дэ ди зэманым, курыт школым Некрасовыр щыдджым, зыми ди гуи къэкIыххэртэкъым а тхакIуэмрэ къуэмрэ пыщIэныгъэ гуэр зэхуаIэу… Осетие Ищхъэрэ-Аланием хиубыдэ Сухотскэ къуажэм удэжрэ бгым тIэкIу уежэхмэ, Винограднэ зыфIаща жылагъуэ цIыкIур щыIэщ. ЛIыжь-фызыжьхэр а жылэм зэреджэу щытар Нэмыцэ-Колонкэт. Зауэм щIимыдзэ щIыкIэ, абы дэсахэр псори нэмыцэу щытауэ жаIэж. Зауэр къэхъеяуэ «нэмыцэр къокIуэ» щыжаIэм, къахуэщтэр къащтэри, къуажэр абыхэм ябгынауэ щытащ икIи зыми къагъэзэжакъым. Иджы жылэм адыги, осетини, урыси щопсэу. Дэ додж Америкэм, Африкэм, нэгъуэщI щIыналъэхэм я щыIэкIэр, ауэ ди щIыпIэхэр фIыуэ тцIыхуркъым. Сыт щIэмыхьэлэмэтыр мы зи гугъу сщIа щIыпIэхэр нэхъ гъунэгъуу зэбгъэцIыхуну?! МЭЛЫХЪУЭУНЭ-АХЪМЭТ Марие. Тэрч къалэ
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30813.txt" }
Сыхьэтым щIигъукIэ нэхъ мащIэу «СКА-Энергия» (Хабаровск) — «Спартак-Налшык» (Налшык) — 1:1 (0:1). Хабаровск. Лениным и цIэкIэ щыIэ стадион. Шыщхьэу-Iум и 18-м. ЦIыху 3000 еплъащ. Судьяхэр: Сухой (Люберцы), Чельцов (Мэзкуу), Лунев (Новосибирск). «СКА-Энергия»: Козорез, Наваловский, Попов, Удалый, Амирханов (Морозов, 76), Славнов, Мурнин (Замалиев, 24), Гогуа, Никифоров, Трусевич (Джуниор, 24), Радченкэ (Кармазиненкэ, 84). «Спартак-Налшык»: Цыган, Засеев, Овсиенкэ, Суслов, Гарбуз, Коронов (Абазэ, 81), Гуэщокъуэ (Сирадзе, 86), Руа, Чеботару (Щэуей, 67), Аверьянов, Медведев (Джудович, 25). Топхэр дагъэкIащ: Гуэщокъуэм, 5 (0:1). Радченкэ, 56 (1:1). Дагъуэ къыхуащIащ Джудович, Славновым, Гогуа. Джэгум къыхахуащ Сусловыр. «Спартак-Налшыкым» и ебгъэрыкIуэныгъэ гуащIэхэмкIэ зэIущIэм къыщIидзат. Псыдзэм зэщIищта Хабаровск крайм «Спартак-Налшыкыр» кIуащ Iэмал имыIэу текIуэныгъэр зыIэригъэхьэну и мураду. Армырауэ хъунутэкъым. Япэрауэ, мазэм щIигъуауэ зыми зэремыфIэкIыфым къадэщIхэр хуабжьу игъэгубжьащи, абыхэм я гур фIы щIыжын хуейщ. ЕтIуанэрауэ, а щхьэусыгъуэ дыдэм къыхэкIыу турнир таблицэм и кIэух увыпIэхэм ящыщ зым къыщыхутащ икIи япэ дивизионым хагъэкIынухэм яхыхьащ. МазитI и пэкIэ премьер-лигэм щIэбэна ди щIалэхэм ар яхуэфащэкъым. Ещанэрауэ, «Спартак-Налшыкым» хэтхэр ди щIыпIэм къыщалъхуахэмкIэ хуэм-хуэмурэ яхъуэж икIи ахэр адрейхэм зэрефIэкIыр наIуэ щIыпхъэщ. Махуэ зыбжанэ хъуауэ увыIэгъуэ имыIэу уэшх къызэрешхым КъуэкIыпIэ Жыжьэр бэлыхь хидзащ. Къуажэхэмрэ къалэхэмрэ псыр ящIэуауэ цIыхухэм я щхьэр зэрахьэ. ЩIагъуэтэкъым ди щIалэхэр вэсэмахуэ къызэрыхьа Хабаровск Лениным и цIэкIэ щыIэ стадионым и джэгупIэ губгъуэм и щытыкIэри. Ар ятIэт, быркъуэшыркъуэт — кIуэцIрыкIыпIэ щIагъуэ зимыIэт. Ауэ километр минхэр зэпачу абы нэс щыкIуакIэ зэIущIэр ирамыгъэкIуэкIыу къэкIуэжи хъунутэкъым. Губгъуэ хьэлъэм налшыкдэсхэр псынщIэ дыдэу хэзэгъащ. Махуэ бжыгъэкIэ топ ямылъэгъуам хуэдэу абыхэм гукъыдэж ин яIэу зэIущIэр ирагъэжьащ икIи, кIуапIи-жапIи ирамыту, хэгъэрейхэр я гъуэм ирагулIыжащ. Дакъикъитху дэкIауэ арат «Спартак-Налшыкым» бжыгъэр къызэIуихыу япэ щищам. Гуэщокъуэ Арсен япэу къыхукъуэкIа Iэмалыр гъуэзэ-джэу къигъэсэбэпащ. Мыгувэу ди щIалэхэм бжыгъэр ягъэбэгъуэфынут. Ди жагъуэ зэрыхъущи, ар абыхэм къагъэсэбэпакъым. Апхуэдэу щыхъум, насыпми зигъэзащ. «СКА-Энергия»-м и ебгъэрыкIуэныгъэ мащIэхэм ящыщ зыр къыщызэпиудым «Спартак-Налшыкым» и гъуащхьэхъумэ Сусловыр футбол хабзэм ебэкъуащ. Ар судьям къыхуигъэгъуакъым икIи щысхьыншэу джэгум къыхихуащ. Абы щыгъуэми зэIущIэм зэрыщIидзэрэ дакъикъэ тIощI дэкIауэ арат. Иджыри сыхьэтым щIигъу къэнэжат. А зэманым къриубыдэу нал-шыкдэсхэр бжыгъэкIэ нэхъ мащIэу хэгъэрейхэм япэщIэтыну къахукъуэкIащ. Зы цIыху зыхэщIа гъуащхьэхъумэхэр игъэбыдэн папщIэ «Спартак-Налшыкым» и тренер нэхъыщхьэ Шыпш Тимур ди гъуащхьауэ нэхъ жыджэрхэм ящыщ зы Медведевыр ДжудовичкIэ ихъуэжын хуей хъуащ. Дауи, налшыкдэсхэм я ебгъэрыкIуэныгъэхэр абы нэхъ къигъэкIэщхъащ. БжыгъэкIэ зэрынэхъыбэмрэ я хьэрхуэрэгъухэм я гъуэр къегъэбыдэкIыныр япэ зэрырагъэщамрэ хабаровскдэсхэм я гур къызэригъэгъуэтыжащ. ЗэIущIэм и япэ Iыхьэм абыхэм я джэгукIэр яхузэтемыухуами, загъэпсэхуу къихьэжа иужькIэ ебгъэрыкIуэныгъэ лъэщхэм щIадзащ. «Спартак-Налшыкым» зыкъомрэ дагъуэншэу зихъумэжащ. АрщхьэкIэ Iуэхур щыуагъэншэ хъуакъым икIи «СКА-Энергия»-м бжыгъэр зэхуэдэ ищIыжыну хузэфIэкIащ. 56-нэ дакъикъэм хэгъэрейхэм я гъуащхьауэ Радченкэ къыхэжаныкIащ. ТекIуэныгъэр зыIэщIэкI ди щIалэхэр абы и ужькIэ ипэкIэ кIуэтащ. Джэгум къыхыхьа Щэуеймрэ Абазэмрэ гукъыдэжыр къагъэщIэрэщIэжащ. Мызэ-мытIэу «Спартак-Налшыкым» текIуэныгъэр зыIэригъэхьэну Iэмал хъарзынэхэр иIат. АрщхьэкIэ зэрынэхъ мащIэмрэ губгъуэм и хьэлъагъымрэ къару куэдыIуэ трагъэкIуэдати, кIэух ебгъэрыкIуэныгъэ лъэщыр къахузэгъэпэщакъым. Арати, зэIущIэр зэрытемыгъэкIуауэ, 1:1-уэ, иухащ. Абы лъэныкъуитIри арэзы къищIакъым. Мы джэгугъуэм и ужькIэ «Спартак-Налшыкыр» иджыри зы увыпIэкIэ къекIуэтэхащ икIи япэ дивизионыр зрагъэбгынэну командиплIым яхыхьащ. Ауэ абы и джэгукIэфIыр зэрызэтеувам гугъэ дегъэщI мыгувэу ар къыкIэрыхухэм къахэкIыу увыпIэ лъагэхэм ящыщ зым щIэбэнынухэм яхыхьэну. Абы щыгъуэми Урысей Федерацэм футболымкIэ и япэ дивизионым щекIуэкI зэхьэзэхуэм нэхъри узыIэпешэ. Ар и фIыгъэщ иджы дыдэ къахыхьа Тулэ и «Арсенал»-м. Топджэгу цIэрыIуэ Аленичев Дмитрий и гъэсэнхэм зэпеуэм зэрищIэдзэрэ бжьыпэр яубыдауэ, ар нэгъуэщI зыми Iэрагъэхьэркъым. Мис аргуэруи тулэдэсхэр «Ангушт»-м Нэзрэн щытекIуащ. Иджы «Арсенал»-р и ужь къитым очкоитхукIэ щхьэщыкIащ икIи премьер-лигэм лъэбакъуэхъукIэ хуокIуэ. Зыгуэрым ар къигъэувыIэфынуи зэкIэ фэ теткъым. Абы кIэлъеIэ саранскдэсхэр вэсэмахуэ Уфа бжыгъэшхуэкIэ къыщыхагъэщIащ икIи бжьыпэр зыIэригъэхьэн папщIэ хьэрхуэрэгъу нэс хъуну фIэщщIыгъуейщ. «Мордовия»-м лъэщIыхьэпащ, гу-гъуехьышхуэ пылъами, «Ротор»-м ефIэкIыфа Владикавказ и «Алания»-р. Щыгъуазэ фыхудощI япэ дивизионым хэт командэхэр иужьу зэрызэдэджэ-гуам къарикIуа бжыгъэхэм. Мис ахэр: «Газовик» (Оренбург) — «Енисей» (Красноярск) — 2:2, «Уфа» (Уфа) – «Мордовия» (Саранск) — 3:0, «Шинник» (Ярославль) — «Сибирь» (Новосибирск) — 2:0, «Химик» (Дзержинск) — «Динамо» (Санкт-Петербург) — 1:2, «Алания» (Владикавказ) — «Ротор» (Волгоград) — 2:1, «Нефтехимик» (Нижнекамск) — «Торпедо» (Мэзкуу) — 0:0, «Балтика» (Калининград) — «Луч-Энергия» (Владивосток) — 1:0, «Ангушт» (Нэзрэн) — «Арсенал» (Тулэ) — 1:3. КъыкIэлъыкIуэ джэгугъуэр «Спартак-Налшыкым» шыщхьэуIум и 23-м иригъэкIуэкIынущ. А махуэм абы къригъэблэгъэнущ Владивосток и «Луч-Энергия»-р. Жыласэ Заурбэч.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30815.txt" }
«Нэхум» и гъуэгу нэхур Адыгэ Республикэм хыхьэ Енем къуажэ цIыкIум щылажьэ «Нэху» сабий къэфакIуэ гупыр шыщхьэуIум и 15-м гъуэгу техьащ. Ансамблыр къызэзыгъэпэща хьэрычэтыщIэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, АР-м и Къэрал Советым — Хасэм и депутат КIэрмыт Мухьдин ма-хуипщIкIэ Тырку къэралыгъуэм зыкъыщригъэгъэлъэгъуэнущ и гупым. Мы гъэм и фокIадэ мазэм «Нэху» ансамблым игъэлъэпIэнущ илъэси 10 зэрырикъур. А зэманым къриубыдэу къэфакIуэ гупым концерт гукъинэжхэр щитащ и щIыналъэми, Краснодар, Сочэ, Армавир къалэхэми, ТIыуэпс, Успенскэ районхэми, Къэбэрдей-Балъкъэрми. Ансамблыр иджы еянэу макIуэ хамэ къэрал. Абы зыкъыщигъэлъэ-гъуащ Сирием, Германием, Израилымрэ Иорданиемрэ — тIэурытIэ, Тыркум — щэ. Адыгейм и артист ныбжьыщIэхэм я зэфIэкI щагъэлъэгъуэнущ Яловэрэ Бурсэрэ къедзылIа шэрджэс жылагъуэхэм, апхуэдэуи Яловэ къалэм щекIуэкIыну Дунейпсо IуэрыIуатэ фестивалым хэтынущ. КъэфакIуэ цIыкIухэм ящIыгъуу Тыркум макIуэ музыкантхэри, Енем жылэм я нэхъыжьыфIхэри, журналистхэри. НЫБЭ Анзор.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30818.txt" }
ФащэщIэ екIухэр Къэралым щагъэува хабзэм ипкъ иткIэ, Шэ-джэм щIыналъэм и школхэм щIэсхэм я дежкIи Iэмал зимыIэу щытынущ еджапIэм зэрыкIуэну фащэ зэщхьхэр яIэныр. АбыкIэ щапхъэ ягъэлъагъуэу жыпIэ хъунущ Щхьэлыкъуэ дэт етIуанэ курыт школым и администрацэмрэ еджакIуэхэм я адэ-анэхэмрэ. НыбжьыщIэхэм фэилъхьэгъуэ зэщхьхэр хурагъэдын папщIэ ахэр гурыIуащ щIыпIэ хьэрычэтыщIэм игъэлажьэ дэрбзэр IуэхущIапIэм. Абы къыщыщIагъэкIхэм я фIагъкIэ дагъуэ яхуэпщIынукъым — Iэпкълъэпкъым хуэфI, цIыхум екIу щыгъыныгъуэхэр яд. Ахэр я уасэкIи езэгъырабгъущ. «Щыгъынхэр тхуезыгъэдым дэ дзыхь худощI, сыту жыпIэмэ ар ди къуажэгъущ икIи ди школым щеджэ цIыкIухэм я адэщ. Щыгъын куэд зэуэ зэредгъэдым щхьэкIэ и уасэми тхукIэригъэхуащ», — жеIэ еджапIэм и унафэщI Хъутат Луизэ. Уасэхэм я гугъу пщIымэ, класс нэхъыщIэхэм кIуэ цIыкIухэм яйм сом мин ихьу аращ, класс нэ-хъыжьхэм щIэсхэм ейм сом 1.600-рэ хуозэ. Адэ-анэхэр арэзы ящIын щхьэкIэ, школакIуэхэм я фащэхэр япэщIыкIэ еджапIэм и пэшышхуэм щагъэлъэгъуащ, щэкIым и фIагъри, и плъыфэри, щыгъыныгъуэм и щIыкIэу щытынури псом я дежкIи гурыIуэгъуэ хъун щхьэкIэ. КIАРЭ Элинэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30821.txt" }
Емызэш и Iуэху къыдохъу «ЖиIамэ, ищIэнущ» — хужаIэу щытащ Мэрзей Барэсбий лэжьыгъэ IэнатIэхэм щыпэрытам щыгъуэ. КъыжыIапхъэщ ноби, пенсэм щыщыс зэманми, ар сыт хуэдэ Iуэхуми зэрыхуэжыджэрыр, зэрыгумызагъэр. Мэрзейр 1933 гъэм Урыху къуажэм къыщалъхуащ. Курыт школым 1941 — 1951 гъэхэм щеджащ. ЕджапIэ нэужьым илъэсищкIэ учётчикыу щылэжьащ Ворошиловым и цIэр зэрихьэу жылэм иIа колхозым. 1953 гъэм пединститутым и тхыдэ-филологие факультетым и урысыбзэ къудамэм щIэтIысхьэри, Барэсбий а еджапIэр Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университет хъуауэ къиухащ 1958 гъэм. Щеджэ зэманхэм Барэсбий коммунист партым хэту щытащ, и еджэгъухэм я гъусэу, Къэзахъстанми тIэу ягъэкIуащ, щIыщIэ къаIэтхэм щылэжьэну. Япэ илъэсым, 1956 гъэм, Барэсбий иригъэкIуэкIа лэжьыгъэм къыпагъэкIуащ комсомолым и ЦК-м и дамыгъэр. 1957 гъэм абы къратащ СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и медалыр. 1958 — 1959 гъэхэм Мэрзейм Уэзрэдж курыт школым урысыбзэмрэ литературэмкIэ щригъэджащ. ИужькIэ парт лэжьыгъэм хыхьэри, зы илъэскIэ Лэскэн район парт комитетым щыIауэ, 1961 гъэм Барэсбий «Урыху» совхозым и секретару ягъакIуэ. КъыкIэлъыкIуэ илъэсым Краснодар къалэ дэт Кубань мэкъумэш институтым и илъэс курсхэр къиухри, агроном IэщIагъэри Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щызригъэгъуэтыжащ. Мэлыжьыхь мазэу, 1963 гъэм, ар «Скотопром» къуажэ совхозым и унафэщI ящIащ икIи 1980 гъэ пщIондэ а IэнатIэм жэуаплыныгъэ хэлъу пэрытащ. ИужькIэ абы и лэжьыгъэм щыпищащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и трестым. IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ къалэнхэр абы дагъуэншэу мыбдежи щегъэзащIэ. «Скотопром»-р щызэбграгъэкIыжым, Барэсбий и лэжьэгъу псори и гъусэу, лым щелэжьу Налшык къалэ дэт комбинатым ягъэкIуащ. 1995 гъэм Барэсбий пенсэм кIуащ, мы зэманым ветеран зэгухьэныгъэм хэтщ, жылагъуэ лэжьыгъэхэми хуэжыджэрщ. ЛэжьакIуэлIым и гуащIэм щIыхь тхылъ, медаль, саугъэт куэд къыпэкIуащ. Лениныр къызэралъхурэ илъэси 100 зэрырикъур гъэлъэпIэнымкIэ лэжьыгъэфI зэрыригъэкIуэкIам папщIэ, абы 1970 гъэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и медалыр къыхуагъэфэщащ, Лэжьыгъэм и Бэракъ Плъыжь орденыр тIэу — 1971, 1975 гъэхэм, «Лэжьыгъэм и ветеран» медалыр 1986 гъэм къратащ. Псом хуэмыдэу, Барэсбий фIэлъапIэщ Лениныр къызэралъхурэ илъэси 100 щрикъум и щIыхькIэ къызэрагъэпэщауэ щыта зэхьэзэхуэм ар зи унафэщIа «Бэтэх» совхозым Ленинскэ щIыхь тхылъыр къызэрихьар. «Абы щыгъуэм СССР псом апхуэдэ щIыхь тхылъу ятар минитI хъурти, абы щыщу Къэбэрдейм и IуэхущIапIи 5-м ар къэтхьыфат. Ахэр: «Красная Нива» колхозырт (Май районым), Налшык машинэщI заводырт, Къэбэрдей-Балъкъэр промстройрт, Тырныауз бгы-металлург комбинатырт, дэ ди IэнатIэр абыхэм яхэтыжт», — жеIэ Мэрзейм. ЦIыхур зыхуэдэр сыт хуэдэ псалъэм нэхъри нэхъыфIу наIуэ къещI лэжьыгъэм. Абы и хьэл-щэныр, и гупсысэр еузэщI. Мэрзей Барэсбий «сэ сщIащ», «ар сэращ зи лэжьыгъэр» жиIэу зэи зэхэпхынукъым, абы дежкIэ сыт щыгъуи нэхъыщхьэщ зэрылъытэ, зэгурыIуэ псалъэхэр. Барэсбий 1963 гъэм «Бэтэх» совхозыщIэм и унафэщI щащIам (зэрыжытIащи, илъэс 18-кIэ абы щылэжьащ), гугъуехь куэди пэщIэхуат, ауэ зэман куэд дэмыкIыу совхозым и цIэр къраIуэ хъуат. Барэсбий гуапэу игу къегъэкIыж и дэIэпыкъуэгъуфIу совхозыр къэIэтыным а зэманым зи гуащIэ хэзылъхьахэр. «Ахэр жэрдэм зиIэт, зи къару емыблэжт, лэжьыгъэм хуэIэижь защIэт», — жеIэ Барэсбий. Зи гугъу тщIыр Инал Азэмэт (инженер нэхъыщхьэ), Къэгъуэтыж Кушбий (зоотехник нэхъыщхьэ), Мэшыкъуэ ДжэбрэIил (агроном нэхъыщхьэ), Бро Мухьэмэд (гаражыр зыгъэлажьэр) сымэщ. И лэжьакIуэхэм Барэсбий яжриIэрейт: «ЗэщIэкъуауэ, жыджэру, уеблэмэ ткIийуэ бгъэдыхьапхъэщ сыт хуэдэ Iуэхуми. Зы махуэкIэ нобэм укъыкIэрыхуакъэ, пщэдейрейм илъэскIэ улъэщIыхьэжынукъым». Барэсбий и лэжьакIуэ гупыр СССР-м и дамыгъэ лъапIэхэмкIэ 43-рэ ягъэпажауэ щытащ. Совхозым и къарукIэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ унэ екIу щащIат, унагъуи 100-м телефон хущIрагъэшат, машинэ 50-м я гъэувыпIэр, Iэщ минитI щагъашхэ Iуэр, механизатор лъэщапIэхэр, нэгъуэщI жылагъуэ IуэхуфI куэди зэфIагъэкIат. «Бэтэх» совхозым а зэманым куэди тепсэлъыхьащ, уеблэмэ район, республикэ газетхэри мымащIэрэ тетхыхьащ. Совхозым и лэжьыгъэм теухуауэ тхыгъэ купщIафIэхэр мызэ-мытIэу къытехуат Краснодар къалэ къыщыдэкIыу щыта «Сельские зори» журналым. «Псалъэм хуэпэжу» фIэщыгъэм щIэту 1970 гъэм а журналым къытридза тхыгъэм IупщIу къыщыгъэлъэгъуат «Бэтэхым» и зэфIэкIыр. Тхыгъэр зейр фIэгъэщIэгъуэну зоупщIыж: «Апхуэдэ ехъулIэныгъэфI дауэ зыIэригъэхьа мы совхозым?!» — жеIэри. ЗанщIэуи езым и жэуапыр дыщIегъуж: «Дауи, куэд елъытащ унафэщIымрэ IэщIагъэлIхэмрэ лэжьыгъэм зэрыхущытым. «Бэтэхым» щылажьэхэм щхьэх ямыIэу щIэ гуэр сыт щыгъуи къалъыхъуэ, жэуаплыныгъэ яхэлъу я Iуэхур ягъэзащIэ…». «Совхозым лыуэ тонн 2000 итырт, Iэщышхуэу 3000-м нэблагъэ дгъашхэрт, кхъуэуи апхуэдиз дгъэхъурт… Мы зэманымкIэ дыкъэIэбэмэ, пэжщ, цIыхубэм я псэукIэр ефIэкIуащ, IуэхущIапIэ, IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэ куэди мэлажьэ, ауэ а лъэхъэнэм ди щIым къытетхыу щытамрэ, Iэщышхуэу диIамрэ, иджы ди республикэм иIэмрэ зэлъэщIыхьэркъым. Дэ мэкъумэшым, жыг хадэхэм, хадэхэкIхэм хъерышхуэ къапытхын хуейщ, аращ ди республикэм и экономикэм и лъабжьэу щытыпхъэри, — жеIэ Барэсбий. Мэрзей Барэсбий ноби хэлъщ а щылэжьа зэманхэм и пщIэр зыIэта и хьэлыфIхэр. Ар и псалъэм хуэпэжщ, лэжьыгъэ теухуауэ езэш зымыщIэщ. Къапщтэмэ, абы и жыг хадэм хуэдэ зиIэ Налшык къалэ къыщыгъуэтыгъуейщ. «Езыми лэжьыгъэ щхьэкIэ зигъэлIэжынущ, адрейхэми псэхугъуэ яритынукъым», — жиIауэ щытащ Урыху къуажэ Советым и унафэщIу щытыгъа Сындыку Залым. Арагъэнщ цIыхур зэрыщытыпхъэр. Апхуэдэхэращ мы ди щIылъэр зыгъэдахэр. Барэсбий и ныбжьыр илъэс 80 ирикъуащ иджыблагъэ. Къэралми, унагъуэми, IэщIагъэми хуэпэжа Барэсбий зэрыжанщ, и теплъэр зэрыуардэщ. Лъэпкъыр зыгъэбжьыфIа лIым дохъуэхъу и бынми абы къыщIэхъуэжахэми гу ящихуэну. БАГЪЭТЫР Луизэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30824.txt" }
«Къамботрэ Лацэрэ» романым и къарур Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъыбэм я тхакIуэхэм ящыщу усэу гъэпса роман зытхар ЩоджэнцIыкIу Алий и закъуэщ. Кавказ щIыналъэм и тхакIуэхэр дэнэ къэна, Пушкин Александр и «Евгений Онегин» усэу тха романым и ужькIэ, урысми, адрей лъэпкъхэм я литературэми зи гугъу тщIы тхыгъэм хуэдэ куэд къахэхъуакъым. МызэкIэ апхуэдэу дызыщыгъуазэр мащIэ дыдэщ. Ахэр Пастернак Борис и «Спекторский», Сельвинский Илья и «Пушторг», «Арктика», Долматовский Евгений и «Добровольцы», Авраменкэ Илья и «Дом на Мойке» тхыгъэхэрщ. ЗэрыжысIащи, лиро-эпическэ тхыгъэ лIэужьыгъуэ нэхъ ин дыдэм щылэжьащ лъэпкъ литературэм и классик ЩоджэнцIыкIу Алий. Абы и Iэзагъыр куэдкIэ наIуэ щыхъуащ «Къамботрэ Лацэрэ» социально-историческэ романым. Абы пэжагъышхуэ хэлъу къыщыгъэлъэгъуэжащ феодальнэ Къэбэрдейм щекIуэкIа классовэ бэнэныгъэ гуащIэр — адыгэ мэкъумэшыщIэхэм яIа псэукIэ хьэлъэр, абыхэм ягъэва гузэвэгъуэр. Романым и идейно-тематическэ, художественно-нравственнэ, эстетическэ щытыкIэхэр зыгъэбелджылы Iуэхугъуэхэм ящыщщ абы и гъэпсыкIэри, образхэм я къэгъэлъэгъуэкIэри, художественно-изобразительнэ Iэмалхэм я къэгъэсэбэпыкIэри, бзэм и шэрыуагъри. Мы тхыгъэшхуэм щекIуэкI Iуэхугъуэхэри куэду зэхэлъщ, Iыхьэ зыбжанэу зэхэухуэнащ, литературэ лIыхъужьхэр социальнэ гуп щхьэхуэхэм — пщылIхэмрэ зыгъэпщылIхэмрэ — ящыщщ. Образ нэхъыщхьитIыр — Къамботрэ Лацэрэ — жылагъуэ-политикэ бэнэныгъэм зыкIи щымыгъуазэу, абы зэрыхэтыну щIыкIэр зэхамыщIыкIыу къожьэри, ауэрэ бэнэныгъэм и курыкупсэм хэтурэ, я хьэл-щэнми зехъуэж, я зэхэщIыкIрэ дуней тетыкIэкIи заужь, гуащIэрыпсэухэм я къыщхьэщыжакIуэ, жылагъуэ-политикэ бэнакIуэ мэхъу. А тIум я къекIуэкIыкIарщ романым и кIыхьагъкIэ щыпхрыша гупсысэр. ТхакIуэм цIыхубэ IуэрыIуатэр, лъэпкъыбзэр фIыуэ зэрищIэм и фIыгъэкIэ, пасэрей гъащIэр, адыгэ мэкъумэшыщIэхэм яшэча гугъуехьыр, я щхьэхуитыныгъэр къазэужын щхьэкIэ ирагъэкIуэкIа бэнэныгъэр цIыхум и гум нэсу къигъэлъэгъуэжын хузэфIэкIащ. Мы роман гъуэзэджэр адыгэ литературэм и тхыгъэ нэхъыфI дыдэхэм ящыщщ жытIэну дытогушхуэ. Ар бзэ къулейкIэ зэрытхами мыхьэнэ иIэщ, Iуэхур уи нэгум къыщIыхьэу, псэкIэ зыхыуигъащIэу щытын папщIэ. Романым псалъэ, сатыр къэс яхуэфащэ увыпIэ щаIыгъщ, ахэр усакIуэм хуабжьу егугъуу къыхихащ, зэригъэзэхуащ. Алий и псалъэхэм гулъытэшхуэ хуищIу щытащ, абыхэм «адыгэ фащэ» ящитIэгъэным хущIэкъуу. Абы и щыхьэтщ ар и IэдакъэщIэкIхэм къытригъэзэжурэ зэрелэжьыжар. «Къамботрэ Лацэрэ» вариант зыбжанэ иIэщ. Абы усакIуэр 1934 гъэм къыщыщIэдзауэ 1940 гъэ пщIондэ елэжьащ. Япэ вариантыр 1938 гъэм къыдэкIащ, иужькIэ романыр зыхуей хуэзауэ дунейм къыщытехьар 1940 гъэрщ. Зытепсэлъыхь Iуэхугъуэр нэхъ хьэлэмэт, щIэщыгъуэ икIи гукъинэ ищIын мурадкIэ, ЩоджэнцIыкIум къигъэсэбэпащ адыгэ псалъэжьхэр, жыIэгъуэхэр, псалъэ хъуэрхэр, нэгъуэщI Iэмалхэри. Романым щIыпIэшхуэ щаубыд эпитетхэм, абыхэм фIымрэ Iеймрэ я «теплъэхэр» нэхъ тэмэму къагъэлъагъуэ. ПщылIхэмрэ ныбэизхэмрэ усакIуэм зэрыдигъэцIыхур зэщхькъым, уеблэмэ хуабжьу зэщхьэщокI. Къамбот, Лацэ, Хьэсанш сымэ, джэгуакIуэ лIыжьым — «Лацэ дахэр», «дыщэ шырым», «Къамбот хахуэр», «щIалэ жаным», «дадэ дыщэр» яхужиIэмэ, ныбэизхэм яхуигъэфащэр мыпхуэдэщ: «пщы шу Iэлыр», «гуащэ блащхъуэр», «пщы залымыр». Романым къыщыгъэсэбэпащ метафорэхэр: «Джатэрыбзэм я бэлыхьым си пшыналъэр щIыщышынэр», «А зэманым цIыху насыпыр сэшхуэ дзапэм Iулъыгъащ», н. Тхыгъэр къулей зыщIщ зэгъэпщэныгъэ Iэмалыр. Апхуэдэхэми мыбдеж дыщрохьэлIэ: «лIыжь нэгъуджэу», «пIырыпI щIыкIэу», «мазэ нэкIуу», «щыхь шыр хуэдэ», «псы хуэм ес къазу», нэгъуэщIхэри. Къыхэгъэщыпхъэщ, художественно-изобразительнэ Iэмалхэр тхыгъэм хэт лIыхъужьхэм я теплъэр, шыфэлIыфэр, дуней тетыкIэр, псэукIэр гукъинэ хъунымкIэ зэрысэбэпыр. Романым и бзэр нэхъ щIэщыгъуэ пщызыгъэхъу, зытепсэлъыхьыр гурыIуэгъуафIэ зыщI троп лIэужьыгъуэхэм ящыщщ олицетворенэр. Абы и щапхъэщ мы едзыгъуэр: «Ауэ, Бахъсэн, уи псы пыхухэр Нэхъри мывэм еудэкI, ЦIыху зэраникI ныбжьыщIитIым Макъыр Iэти иумыгъэкI». НаIуэщ усакIуэм псым «псэ зэрыхилъхьар». Иджыри къэс зи гугъу тщIа троп зэмылIэужьыгъуэхэми хуэдэу, романым къалэнышхуэ щагъэзащIэ ЩоджэнцIыкIум IэкIуэлъакIуэу къигъэсэбэпа перифразхэм. Ар предметхэм е къэхъугъэхэм я цIэ иримыIуэу, ауэ зищIысыр къозыгъащIэ псалъэ шэрыуэхэмкIэ къыдгурызыгъаIуэ Iэмалщ. Ар усакIуэм и Iуэху еплъыкIэр къозыгъащIэщ. Абы теухуа щапхъэхэр къэтхьынщ. Бжьыхьэр къызэрыблэгъар абы мы усэ сатырхэмкIэ егъэбелджылы: «ПщIащэпыхум и лъэхъэнэт, ЩIыр дыщафэу гъуэжь къэхъуат, Мэз кIыфIыжьхэм, хъуанщIагъафэу, Нэхур щIидзэу ныхуежьат»… Дунейм и къэхъукъащIэхэри Iэзагъышхуэ хэлъу Алий къигъэсэбэпащ. Ахэр нэхъыбэу Къамботрэ Лацэрэ я образхэм егъэщIылIащ. Къамбот и псэм щыщIэхэр усакIуэм Iэзэу ирепх дунейм и щытыкIэм: «Мис а махуэм зиуфIыцIащи, Къамбот и гум зыкъыдещI, ЩIалэр хейуэ нэщхъеящи, Бзум я усэр гъыбзэ фIощI», «Губжьа щIалэм фоч шэрыуэр ПIащIэу бийхэм яхуеузэд. Уэшх къежэхыр Къамбот дежкIэ Лацэ и нэпсщи, зыхегъапскIэ». ГъащIэм зехъуэж, абы дунейми зыкъыдещI. ФIыуэ зэрылъагъу ныбжьыщIитI зэхуэзэжам я гуфIэгъуэ иныр дунейми зэрадиIыгъыр мы псалъэхэмкIэ убзыхуащ: «Лацэ дахэр махуэ гуэрым Къамбот и бгъум щобзэрабзэ. Iуащхьэ бгыхум и нэз дыдэм бжьыхьэ дыгъэр ныщоубзэ. Бзум я усэр а тIум дежкIэ Нобэ гъащIэм и гуфIэгъуэщ, НыбжьыщIитIым яIуэтэжхэм Щыхьэт хуэхъуу и пшыналъэщ». Тембот дадэм и псэр зэрыщинэнум, фIыуэ зэрылъагъуитIым къапэщылъ нэщхъеягъуэм дыхуигъэхьэзыр щIыкIэу, усакIуэм дунейр къызэхеуфэ: «Мэз тенджызым нэщхъей дыдэу, Дыгъэр пшэплъкIэ къодэхащIэ, Бгыжь Iэтахэм я щхьэ лъагэр Лъы щыхуауэ нэм къыIуедзэ. Дыгъэ къухьэм, тегъэ щIыкIэу, Бзум я гъыбзэм гур дохьэлъэ, Лъагъуныгъэм и бзэ IэфIхэр Лацэ сымэ ягъэувыIэ». Дунейм и къэхъукъащIэхэм къалэн зэхуэмыдэхэр романым щагъэзащIэ. Ахэр нэхъыбэу усакIуэм къыщигъэсэбэпар и лIыхъужьхэм я гупсысэр, гурыгъу-гурыщIэхэр, IуэхущIафэхэр къыщигъэлъагъуэм щыгъуэщ. Куэд дыдэ мыхъуми, тхыгъэр купщIафIэ зыщI псалъэжьхэми дрохьэлIэ: «Зым тIу и дзэщ», «Пщым и шхыныр къуалэбзухэм къакIэроху», «Дахэ лъагъуныгъэр IэрыщIкъым», «Уи пщIэр зымыщIэр ныбжьэгъукъым», «Пэжым джатэ имыIыгъми, Гъэр зы махуи яхуэщIынкъым», «Ажал пудыгъэкIэ къыумыгъэблагъэ». ЕРЖЫБ Аслъэн.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30827.txt" }
Адыгэ IэщIагъэхэм хуэIэижь щIалэ Щхьэлыкъуэ щыщ Брай Ратмир теухуа тхыгъэ илъэсипщI хуэдэ и пэкIэ теддзауэ щытащ Шэ- джэм район газетым. Абы щыгъуэ ар школым щIэст. А лъэхъэнэм IупщI хъуат сурэт щIынымкIэ, гъущIхэкI зэхуэмыдэхэм къыхэщIыкIа Iэмэпсымэ зэмылIэужьыгъуэхэр гъэщIэрэщIэнымкIэ ныбжьыщIэм зэчий зэрыбгъэдэлъыр, абы куэдкIэ ущыгугъ зэрыхъунур. Ратмир псом хуэмыдэу дихьэхырт Iэщэ-фащэхэр, адыгэ щыгъыным кIэрылъ хьэпшып, Iэмэпсымэхэр нэхъри гъэдэхэным, абыхэм етIуанэ «гъащIэ» етыным. ЕгъэджакIуэхэм гу лъатат щIалэщIэр а Iуэхугъуэхэм зэрыдахьэхым, ауэ и щхьэ тригъэууэ къалъытэри, гу-лъытэ щIагъуэ хуащIакъым, зрагъэужьакъым. Ауэ сурэтыщI хъуну щIэхъуэпс щIалэм и гур зэщыуакъым, и хъуэпсапIэр IэщIыб ищIакъым — и мурадыр зэрызригъэхъулIэным иужь итащ ерыщу икIи и нэр къызыхуикIым лъэIэсащ. Ратмир и псэм и щIасэ IэщIагъэр Iэпэгъу зэрыхуэхъуам и фIыщIэшхуэ хэлъщ абы и анэ Заретэ. Анэм диIыгъащ а Iуэхум теухуауэ сыт хуэдэ лъэбакъуэ и щIалэм ичами. Сыт щыгъуи иужь итащ зэрытригъэгушхуэным. Абы и къуэм къищIыкIащ хуэдэр зырызщ зыхужыпIэну IэщIагъэлI гъуэзэджэ. Мы зэманым Брайм щрегъаджэ езым къиуха Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым декоративно-прикладной гъуазджэмкIэ и факультетым. Мы гъэм и накъыгъэм Мэзкуу къыщызэрагъэпэщауэ щытащ «ГъуазджэхэмкIэ Урысейм и тхьэмахуэ» зыфIаща гъэлъэгъуэныгъэ. Абы щагъэлъэгъуащ щIалэм и IэдакъэщIэкIхэр икIи телъыджэу игъэщIэрэщIа, адрейхэм къахэлыдыкI Iэнэ лъакъуищыр псом нэхърэ нэхъыфI хъуауэ къалъытэри, япэ увыпIэр къыхуагъэфэщащ. А зэхыхьэм къэралым и щIыналъэ зыбжанэм я лIыкIуэхэм я IэрыкIхэр зэрыщагъэлъэгъуар къэплъытэмэ, ди лъэпкъэгъу щIалэм и ехъулIэныгъэм уригушхуэ хъунущ. Абы иужькIэ Брайм теухуа тхыгъэрэ ищIахэм траха сурэтхэмрэ ихуащ «Гъуазджэм къыхыхьа IэпщIэлъапщIэхэр» журнал-каталогым. Гъуазджэм и лъэныкъуэ зыбжанэм хуэшэрыуэщ Щхьэлыкъуэ щыщ щIалэр: сурэт щIыным, графикэм, дыщэкI Iуэхум, гъущIхэкI зэмылIэужьыгъуэхэм Iэмэпсымэ зэхуэмыдэхэр къыхэIущIыкIыным, апхуэдэу пхъэм Iэнэ, шэнт, унагъуэм къыщагъэсэбэп нэгъуэщI хьэпшып гъэщIэрэщIахэр къыхэщIыкIыным. Брай Ратмир и лэжьыгъэхэр Декоративно-прикладной гъуазджэм теухуа дерсыр Ратмир студентхэм яригъэдж къудейкъым, ар жыджэру ядолажьэ школакIуэ цIыкIухэми. Къэзанокъуэ Жэбагъы и цIэр зезыхьэ центрым екIуалIэ сабийхэми я гур хуегъэуш езыр Iэзэ зыхуэхъуа IэщIагъэм, абы и дахагъ псори удихьэхыу яхуеIуатэ. Хэт ищIэн, абыхэми къахэкIынкIэ хъунщ я гъэсакIуэ-егъэджакIуэм хуэдэ цIыху IэпщIэлъапщIэ. Брайм и IэдакъэщIэкIхэр зылъагъухэм псом хуэмыдэу яфIэгъэщIэгъуэнщ Iэщэ зэхуэмыдэхэр зэригъэщIэращIэр, гъущIым къыхищIыкI Iэмэпсымэхэр. Куэдым ящIэу къыщIэкIынукъым 18-нэ лIэщIыгъуэм адыгэм щтаучкIэ ягъауэу кIэрахъуэ зэраIар. Ахэр телъыджэу игъэщIэрэщIэжауэ иIэщ IэщIагъэлIым. Ратмир къигъэщIэрэщIэжа сампIалъэ, Iэлъын хуэдэхэр зылъагъухэм телъыджэ ящохъу. Гъуазджэм теухуа зэхуэсхэм, гъэлъэгъуэныгъэхэм, республикэм и махуэшхуэхэм ирагъэблагъэ хабзэщ Ратмир. ИкIи апхуэдэхэм зэи гулъытэншэу къыщынэркъым абы и IэдакъэщIэкIхэр. «Къафэхэр — Iуащхьэмахуэ и щыгум» фестивалым, «Пасэрей хьэпшыпхэм — гъащIэщIэ» еплъыныгъэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым нэгъабэ щекIуэкIа «Кавказ джэгухэм» щигъэлъэгъуа и IэрыкIхэм къапэкIуэу абы къыхуагъэфэщащ саугъэт лъапIэ зыбжанэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Фырэ Руслан, КъБКъУ-м и ректор Къарэмырзэ Барэсбий сымэ я Iэ зыщIэлъ щIыхь тхылъхэри къратащ. Художникым и лэжьыгъэхэм уеплъмэ, укъыщохутэж лIэщIыгъуэ блэкIахэм, уи нэгу къыщIоувэж ди адыгэ лъэпкъым и тхыдэр, пасэм ди цIыхухэм зэрахьэу щыта хьэпшыпхэр, Iэщэ-фащэ, Iэмэпсымэ зэхуэмыдэхэр зищIысыр нэхъыфIу къыбощIэ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, лъэныкъуэ гуэркIэ зэчий зыбгъэдэмылъ сабий щыIэкъым. Ауэ а зэчийм зегъэужьыным уемыгугъумэ, ужьыхыжынущ. Аращ Брайм нобэ иIэ зэфIэкIым шэсыпIэ хуэхъуари. Къэмыланджэу, махуэл димыхыу иужь итащ и псэр хьэщыкъ зыщIа Iуэхум ижь зэрыхуэхъуным. Абы ноби къилъытэркъым фIыуэ илъагъу Iуэхум и щэху псори къищIауэ. ИкIи махуэ къэс иужь итщ и IэщIагъэм зэрыхигъэхъуэным, зэрыригъэфIэкIуэным. Ар зэпымыууэ мэлъыхъуэ Iуэху бгъэдыхьэкIэщIэхэм, езым пхиша лъагъуэр гъуэгу бгъуфIэшхуэм зэрыхуигъэкIуэным и гур хуопабгъэ. ГъащIэ гъусэ хуэхъуа IэщIагъэм зыкъомкIэ и фIыгъэу къыщIэкIынщ сурэтыщI щIалэм дэплъагъу гъэсэныгъэр: гу лъумытэнкIэ Iэмал иIэкъым абы хэлъ Iэдэбагъым, цIыхугъэм, щэным. Си фIэщ мэхъу зэрыадыгэм ар зэрыригушхуэр, ижь-ижьыж лъандэрэ лъэпкъым къыддэгъуэгурыкIуэ хабзэ нэхъыфIхэм тетыну зэрыхущIэкъур, ар къызэрехъулIэр. И насыпщ зи IэщIагъэр фIыуэ зылъагъу, абы хуэ-пэж дэтхэнэ зыми, сыту жыпIэмэ, гум и щIасэ дэтхэнэ лэжьыгъэри дыгъэм нэхърэ нэхъ нурщ. Абы, пхужымыIэным хуэдизу, гукъыдэж, дэрэжэгъуэ ин къует, гъащIэри нэхъри дахэ, щIэщыгъуэ пщещI. Брайм и IэщIагъэм, и IэдакъэщIэкIхэм езым и закъуэкъым игъэгуфIэр, игъэиныр. Ахэр зылъагъу псори егъэгушхуэ, апхуэдэ цIыху зэчиифIэхэр адыгэм дызэриIэм уи щхьэр лъагэу уегъэлъагъуж икIи нобэ къарууншэ, гуащIэмащIэ хъуащ жытIэу дызытегузэвыхь ди бзэри, ди хабзэри, дяпэ итхэм яIа IэщIагъэ телъыджэхэри щIэх кIуэдыжыну къыщIэкIынкъым, Ратмир хуэдэ цIыху телъыджэхэр диIэмэ. Ратмир и IэдакъэщIэкIхэм нобэ щыгъуазэр куэд хъуркъым. Ди фIэщ мэхъу а щIалэм и IэрыкI телъыджэхэмкIэ дяпэкIи дызэригъэгуфIэнур, ахэр утыкушхуэхэм зэрыщагъэлъэгъуэнур, езым и Iэзагъэми нэхъри зэрыхигъэхъуэнур. УЭРЫШ Аслъэн. Шэджэм район
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30829.txt" }
Къэбэрдей-Балъкъэрыр пашэхэм хабжэ ЦIыхухэм я узыншагъэр зыхуэдэр къэпщытэным хуэунэтIауэ япэ мазихым ирагъэкIуэкIа Iуэхугъуэхэм кърикIуахэм япкъ иткIэ пашэныгъэр зыубыда урысей хэгъуэгуи 10-м яхэхуащ Къэбэрдей-Балъкъэрыр. Апхуэдэ хъыбарыр къыщыIуащ УФ-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министрым и къуэдзэ Яковлевэ Татьянэ иджыблагъэ иригъэкIуэкIа селекторнэ зэIущIэм. — Зи узыншагъэр къапщытэн хуейуэ я щIыналъэхэм щаубзыхуахэм я зэхуэдитIым кIэлъыплъын мы зэманым ирихьэлIэу яхузэфIэкIащ хэгъуэгу зыбжанэм, — жиIащ Яковлевэ Татьянэ. — Абы хохьэ Ставрополь, Красноярск крайхэр, Калугэ, Пензэ, Саратов, Волгоград, Ростов областхэр, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Мордовие республикэхэр. ЗэIущIэм наIуэ къыщащIащ Профилактикэ медицинэмкIэ къэрал щIэныгъэ-къэхутакIуэ центрыр цIыхухэм зэрахэупщIыхьам кърикIуахэри. Апхуэдэу зэупщIахэм я процент 79-м цIыхухэм я узыншагъэр къызэрапщытэр щхьэпэу къалъытэ; процент 67-р а Iуэхур къызэрызэгъэпэщам арэзы къещI; процент 88-м дохутырхэм хуатхахэр ягъэзэщIэнущ; процент 93-м я мурадщ дяпэкIэ я узыншагъэм хуэсакъыну, абы зэран хуэхъу хьэл мыхъумыщIэхэр зыханыну. Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэм, дохутырхэм зэрыжаIэмкIэ, я узыншагъэр зыхуэдэр жыджэру кърагъэпщытэ. А Iуэхур щрагъэкIуэкI республикэм узыншагъэр хъумэн и IуэхущIапIэхэм ящыщу 17-м. ЗэраубзыхуамкIэ, мы илъэсым цIыху мини 130-м щIигъум я узыншагъэр къапщытэнущ, балигъхэм ящыщу мин 64-м а Iуэхур зэфIагъэкIащ. КъБР-м узыншагъэр хъумэнымрэ курортхэмкIэ и министр Шэт Ирмэ къызэрыхигъэщамкIэ, цIыхухэм я узыншагъэр къэпщытэныр а IэнатIэм зегъэужьынымкIэ къэрал программэм къыщыгъэлъэгъуа Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ икIи псори нэхъ зыкIэлъыплъыжу егъэсэным хуэунэтIащ. «ЦIыхухэм я узыншагъэр къэпщытэным наIуэ къещI жылагъуэм нэхъыбэу щызекIуэ узыфэр зыхуэдэр икIи нэхъ щIэгъэхуэбжьауэ дыщылэжьэн хуей унэтIыныгъэр убзыхуа мэхъу», — жеIэ министрым. ЩОМАХУЭ Лилие.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30837.txt" }
Я нэIэ щIэт зэпытщ (ЩIэныгъэр зи плъапIэ щIалэгъуалэм я гъуэгур зэIухащ) Къэбэрдей-Балъкъэрым и егъэджэныгъэ IэнатIэм зыужьыныгъэфI игъуэтынымкIэ дэрэжэгъуэщIэ къезыт хъыбар дахэ щIыналъэм щыпсэухэм зэхахауэ щытащ 2010 гъэм жэпуэгъуэм и 5-м. А махуэм Стокгольм къыщраIуащ дунейпсо щIэныгъэм ехъулIэныгъэ лъагэхэр щызэзыгъэгъуэта цIыху щэджащэхэу Нобель саугъэтыр зратынухэм я цIэхэр. ЩIэныгъэхэмкIэ Швецием и Пащтыхь Академием унафэ зэрищIамкIэ, физикэмкIэ саугъэтыр а гъэм зыхуагъэфэщахэм ящыщащ Гейм Андрейрэ абы и ныбжьэгъу Новосёлов Константинрэ. Инджылызым щыпсэуми, а щIалэхэр урысей- щылъхущ, уеблэмэ Андрей ди лъахэгъу дыдэщ. Ар къыщыхъуар Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэ Налшыкщ. Нобель саугъэтыр зрата Гейм Андрей. Къалэм дэт курыт школ №3-м и гъэсэнхэм ящыщщ Андрей. ЕджапIэм щыщIэса илъэсхэм ар и ныбжьэгъухэм къахэщырт гурыхуагъкIэ, IэпщIэлъапщIагъкIэ. Физикэмрэ есэпымрэ къадэкIуэу, фIыуэ илъагъурт литературэр, инджылызыбзэр, спортми дихьэхырт. Школыр дыщэ медалкIэ къиуха нэужь, щIалэщIэр щIэтIысхьащ Москва дэт физико-техникэ институтым (МФТИ) икIи ехъулIэныгъэхэр иIэу ар къиухащ. Куэд дэмыкIыу Андрей хамэ къэрал Iэпхъуащ. 1990 гъэм, Инджылыз Пащтыхь зэгухьэныгъэм и стипендие къыхуагъэфэща нэужь, абы лэжьэн щыщIидзащ Ноттингем университетым. Зэман дэкIри, абы и щIэныгъэ зэфIэкIхэр щигъэлъэгъуащ Даниеми (Копенгаген) Нидерландхэми (Амстердам). Инджылызым къигъэзэжа нэужь, Андрей нэхъ куууэ пищащ и къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэм. Зэман кIэщIым къриубыдэу абы и щIэныгъэ диссертацэхэр ехъулIэныгъэ иIэу пхигъэкIащ. Манчестер университетым физикэмкIэ и профессор, Мезофизикэмрэ нанотехнологиемкIэ центрым и унафэщI хъуащ. 2004 гъэм Геймрэ абы и ныбжьэгъу, лэжьэгъу щIэныгъэлI щыпкъэ Новосёловымрэ къахутащ материем и лIэужьыгъуэщIэ графен. Нанофизикэр лъагапIэщIэхэм тезыгъэува а къэхутэныгъэм и мыхьэнэр апхуэдизкIэ инти, абы и хъыбарыр занщIэу дуней псом щызэбгрыкIащ. КъБКъУ-м теоретическэ физикэмкIэ и кафедрэм и унафэщI, Гейм и классэгъуу щыта ХъуэкIуэн Мурат, и ныбжьэгъум зэфIиха къэхутэныгъэм щыгъуазэ хъуа нэужь, жиIауэ щытащ ар щIэныгъэ дунейм и ехъулIэныгъэ инхэм зэращыщыр икIи абы нэсыфа щIэныгъэлIхэм Нобель саугъэтыр зэрахуэфащэ дыдэр. И ныбжьэгъум хуащIа гулъытэ лъагэм, дауи, щыгуфIыкIащ ХъуэкIуэнри Андрей и щIэныгъэ зэфIэкIхэм щыгъуазэ, абыхэм якIэлъыплъ дэтхэнэри. Абыхэм ящыщщ Гейм и классэгъуу, ныбжьэгъуу щытахэр, школым щезыгъэджахэр. Абы и класс унафэщIу щыта, урысыбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэ Пешковэ Ольгэ зэрыжиIэжымкIэ, Андрей фIы дыдэу еджэу, предмет куэдым дахьэхыу щытащ. Абы фIэфI дыдэу иджащ урыс классикэ литературэм щыщ тхыгъэ куэд. Физикэм и щэхухэм Андрей куууэ щыгъуазэ хуэзыщIар а лъэхъэнэм КъБКъУ-м и егъэджакIуэу щыта Петросян Валерийщ. Ар иджыпсту и унафэщIщ ныбжьыщIэ зэчиифIэхэм я школу КъБКъУ-м епхауэ лажьэм. МФТИ-м щIэтIысхьэным Андрей хуэзыгъэхьэзырари Петросянщ. Абы игу къызэригъэкIыжымкIэ, щIалэщIэм щIэныгъэм и архъуанэр «ирихъупыкIырт», псы хуэлIа къэкIыгъэм хуэдэу. ЦIыху губзыгъэм зэринэщэнэу, имыщIэм щыгъуазэ хуэзыщIыну упщIэхэри и куэдт, апхуэдэуи и мурадым ерыщу, къикIуэт имыIэу хуэкIуэрт, танкым хуэдэу. — ЕджапIэ нэхъыщхьэм щыхуэзгъэхьэзыр иужьрей мазэхэм сызыгъэгуфIэ икIи сызыгъэгушхуэ хьэлэмэтагъ куэд дэслъагъурт си гъэсэным: задачэ, есэп гуэр естамэ, ар гукIэ занщIэу ищIыжырт, тхэным зэман тригъэкIуэдэну хуэмейуэ, — жеIэ Петросян. Андрей мыгувэу къэкIуэжынущ Налшык. Шэч хэлъкъым: къалащхьэми республикэми и щIалэгъуалэр поплъэ щапхъэ яхуэхъуа щэджащэм. Абыхэм ящыщщ 11-нэ классым щIэс Гузеевэ Алинэ. — Курыт школ нэужьым си мурадщ си щIэныгъэм ди щIыналъэм и еджапIэ нэхъыщхьэхэм щыхэзгъэхъуэну. Сызыхуеджэну IэщIагъэр иджыри къыхэсхакъым, ауэ химием епхахэм нэхъ сыдахьэх. Дауэ хъуми, щIэныгъэм пщIэ щигъуэт ди республикэм сызэрыщеджэнур хьэкъщ. А IэнатIэм апхуэдэ къэрал гулъытэ щраткIэ, си фIэщ мэхъу: щIэныгъэр зи плъапIэ щIалэгъуалэм ди гъуэгур зэIухащ. ЩIэныгъэ нэхъыщхьэ зэзгъэгъуэта нэужь, президент программэмкIэ си зэфIэкIым щыхэзгъэхъуэну сыхуейщ хамэ къэралхэм. А мурадхэм далъэIэсынущ, еш дымыщIэмэ, дымыщхьэхмэ, — жеIэ Алинэ. Алинэ игу къызэригъэкIыжымкIэ, абы зэгуэрым телевизорымкIэ илъэгъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен щIыпIэм и студент нэхъыфIхэм яхуэзауэ, абыхэм псалъэ дахэхэр яжриIэу, фэеплъ тыгъэхэр, саугъэтхэр яриту. Пщащэм и хъуэпсапIэщ апхуэдэ зэIущIэм езыри ирагъэблэгъэну. Ди гуапэщ ар къехъулIэмэ. Мылъкуи халъхьэ, хъери къет Химие, физикэ, биологие, электрохимие щIэныгъэхэм зэрыхурагъаджэмкIэ Къэбэрэдей-Балъкъэр къэрал университетым бжьыпэр щиIыгъщ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм, апхуэдэуи мылъкушхуэкIэ къызэгъэпэща, лабораторэ ехьэжьахэр зиIэ, щIэныгъэлI цIэрыIуэхэр щылажьэу къэралым щыIэ еджапIэ нэхъыщхьэ куэдми япэ итщ. Университетым и IэщIагъэлIхэм, унафэщIхэм зэрыжаIэмкIэ, КъБКъУ-м иIэ мылъку лъабжьэр гъэбэгъуэнымкIэ, гъэбыдэнымкIэ фIыщIэшхуэ бгъэдэлъщ республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен. Къэралым хыхьэ субъектхэм я пашэ зыбжанэм къащхьэщыкIыу, абы къыгуроIуэ егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ хэплъхьэ мылъкур зэи зэрымыкIуэдынур, абы и куэдагъым IэнатIэм игъуэтыну зыужьыныгъэр, фIагъыр зэрелъытар. — ЩIэныгъэ IэнатIэм зиужьыныр зэлъытар сыту пIэрэ жаIэу къыщызэупщIкIэ, сэ дапщэщи жызоIэ абы папщIэ нэхъыщхьэр абы Iэмал псори къыхузэгъэпэщыныр зэрыарар. Дауи, Iуэхум мылъку хэлъхьэным мыхьэнэшхуэ иIэщ, арщхьэкIэ нэхъыщхьэжщ ди еджапIэм щIэныгъэлI щыпкъэхэр зэрыщылажьэр. Ахэр ди студентхэм яхуохъу щапхъэ, унэтIакIуэ, — жеIэ КъБКъУ-м и щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм я советым и унафэщI Хьэшыр Светланэ. — ФIыщIэ ин худощI ди республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен, щIэныгъэм и гъуэгум техьэ ди щIалэгъуалэр я мурадхэм лъэIэсын щхьэкIэ, Iэмал псори къахузэгъэпэщыным и къаруи зэфIэкIи зэрырихьэлIэм папщIэ. Хьэшыр Светланэ езыр химие щIэныгъэхэм я докторщ, КъБКъУ-м и кафедрэм и унафэщIщ, «Полимерхэмрэ композитхэмрэ» щIэныгъэ-еджапIэ центрым и пашэщ. Бгъэдэлъ щIэныгъэм, зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэм папщIэ фIыщIэ хуещI и егъэджакIуэу щыта профессор цIэрыIуэ МэкIэтIей Абдулыхь. КъыжыIапхъэщ полимерхэр джынымкIэ, абыхэм епха къэхутэныгъэхэр егъэкIуэкIынымкIэ Урысей Ипщэм и щIэныгъэ школ пашэм и къызэгъэпэщакIуэу МэкIэтIейр зэрыщытыр. А IэнатIэр зэрыгушхуэщ щIэныгъэхэм я доктор 30-р, я кандидатхэу 100-м щIигъур. Полимерхэмрэ нанокомпозитхэмрэ ятеухуа щIэныгъэшхуэ зэрыбгъэдэлъым и щыхьэту, Хьэшырым гъэщIэгъуэн куэд къыджиIащ. Ар гурыIуэгъуэщ: ди хъуреягъыр полимер защIэ хъуащ, къинэмыщIауи, УФ-м и унафэщIхэм а щIэныгъэ унэтIыныгъэр ягъэбелджылащ нэхъыбэу зэлэжьыпхъэу, зегъэужьыпхъэу, къэхутэныгъэри щегъэкIуэкIыпхъэу. А щIэныгъэхэм зэрызегъэужьыпхъэр и къэпсэлъэныгъэхэм дапщэщи къыхегъэщ республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсени. КъБКъУ-м 2008 гъэм къыщызэрагъэпэщащ «Полимерхэмрэ композитхэмрэ» щIэныгъэ-еджапIэ центрыр (НОЦ). Къэралым, хамэ щIыпIэхэм я апхуэдэ IэнатIэ куэдым лэжьыгъэ IуэхукIэ япыщIа Хьэшырым зэрыжиIэмкIэ, КъБКъУ-м и НОЦ-м хуэдэу иджырей техникэкIэ зэпэщу къызэгъэпэща, абы щекIуэкI къэхутэныгъэ купщIафIэхэм хуэдэ щызэфIах IэнатIэ Урысей Федерацэм щымыIэми ярейщ. КъБКъУ-м полимерхэмрэ композитхэмкIэ и диссертацэ советыр Кавказ Ищхъэрэм щыяпэщ. — Иджырей зэманым нэрылъагъу дыдэщ ди республикэм и унафэщIхэм егъэджэныгъэ IэнатIэм хуащI гулъытэшхуэр. Iуэхур зыхуэунэтIар щIэблэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ егъэгъуэтыным и закъуэкъым, атIэ а щIэныгъэр гъащIэм къыщагъэсэбэпыфу, абы хагъэхъуэфу щIалэгъуалэр егъэсэнырщ, — жеIэ профессор Хьэшыр Светланэ. — Ди университетым и студентхэм къыхаха IэщIагъэхэмкIэ щIэныгъэ едгъэгъуэт къудейкъым — ахэр я къэхутэныгъэхэмкIэ япыщIащ Урысей Ипщэм щыIэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм я гъэсэнхэм. КъБКъУ-м щIэх-щIэхыурэ къыщызыдогъэпэщ Урысей Ипщэм и щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм я зэхуэсхэр, апхуэдэуи щолажьэ Кавказ Ищхъэрэм и щIэныгъэлI щIалэхэм я инновацэ проектхэм я гъэлъэгъуэныгъэ хьэлэмэтхэр. Ди апхуэдэ Iуэху зехьэкIэр щапхъэ яхуэхъуащ къэралым и еджапIэ нэхъыщхьэ куэдым. Ар хуабжьу ди гуапэщ. Зи IэщIагъэр мэкъумэш хозяйствэм епха студентхэми ехъулIэныгъэ лъагэхэр зыIэрагъэхьэ. Агропромышленнэ хъугъуэфIыгъуэшхуэ зиIэ щIыналъэу ялъытэ Къэбэрдей-Балъкъэрым Iэмал псори щыщыIэщ дэтхэнэми и щIэныгъэм щыхигъэхъуэну, ахэр гъащIэм къыщигъэсэбэпыну. КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен гулъытэшхуэ хуещI щIэныгъэр теорие къудейуэ къэмынэу, лэжьыгъэ IэнатIэхэми хапщэу щытыным. ЩIыпIэм и щIалэгъуалэм щIэх-щIэхыурэ яхуозэ Iэтащхьэр икIи дапщэщи къыхегъэщ щIэныгъэр гъащIэм къыщыгъэсэбэпыпхъэ мылъкушхуэу, ехъулIэныгъэхэр къыпхуэзыхь, уезыгъэфIакIуэ, зозыгъэужь IэмалыфIу зэрыщытыр. Абы къыхэкIыу Къанокъуэр дапщэщи щогуфIыкI щIалэгъуалэ къэхутэныгъэхэр бизнес проектыфIхэм я лъабжьэ зэрыхъум. ЕхъулIэныгъэ нэрылъагъухэр зыIэрагъэхьащ КъБКъУ-м и биологхэм. Псалъэм папщIэ, абыхэм яубзыхуащ лышх узыфэр нэхъ пасэIуэу къызэрыпхутэ хъуну Iэмалхэр, апхуэдэуи лъыр сыт хуэдэ лъэныкъуэкIи къэппщытэ зэрыхъуну щIыкIэхэр. ФизикэмкIэ, электрохимиемкIэ щIэныгъэлIхэри я къэхутэныгъэхэмкIэ лъагапIэщIэхэм нэсащ. Абыхэм яхуолажьэ центр хэхар, зыхуеину техникэ псомкIи ирикъуу къызэгъэпэщар. — Сэ щIэх-щIэхыурэ сыхэтщ урысейпсо, дунейпсо щIэныгъэ зэхыхьэхэм, — пещэ Светланэ. — Фи фIэщ фщIы: зэи укIытэгъуэ сихуакъым, абыхэм щыслъагъу Iэмалхэм хуэдэ ди еджапIэ нэхъыщхьэм иIэкъым, жысIэу. ЩIалэгъуалэм щIэныгъэ куу етынымкIи, абыхэм къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкIынымкIи, зыужьыныгъэ ягъуэтынымкIи — сытми хуэщIащ ди еджапIэр. ЖыпIэнурамэ, КъБКъУ-р Урысей Федерацэм и щIыналъэ псоми IэщIагъэлIхэр хуэзыгъэхьэзыр еджапIэ къалэ инщ. КъБКъУ-м и егъэджакIуэхэмрэ и студентхэмрэ къызэралъытэмкIэ, мыхьэнэшхуэ иIэщ республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен щIэныгъэм апхуэдэ гулъытэ зэрыхуищIым, студентхэм я ехъулIэныгъэфIхэр къыхигъэщу, абыхэм фIыщIэ, щытхъу тхылъхэмкIэ зэрахуэгуапэм. Апхуэдэ щIыкIэкIэ гъэтIылъа мэхъу щIэныгъэфI зэгъэгъуэтыным пщIэшхуэ хуэзыщIу къэтэдж щIэблэм я гупсысэ лъабжьэр. Студентхэм зэрыжаIэмкIэ, щIэныгъэ куу зыбгъэдэлъ Iэтащхьэм къыгуроIуэ иджырей гъащIэм нэгъуэщIу узэрыдэмыбэкъуэфынур. Хьэшыр Светланэ ирогушхуэ езыр зи унафэщI «Полимерхэмрэ композитхэмрэ» НОЦ-м иригъэкIуэкI къэхутэныгъэхэм къапэкIуэу мегагранти 2 къызэрихьам. Сом мелуан 420-рэ хъу япэ грантыр хуэгъэпсат «Кавказкабелъ» заводым папщIэ нанокомпозит продукцэхэр гъэхьэзырыным. А грантыр щIышылэм «зэхуащIакIэщ». ЕтIуанэ грантыр сом мелуан 490-рэ мэхъу. Ар къэхьэхуным хэтащ IуэхущIапIэ 300-м нэс, Москва щыIэ IэнатIэхэри хэту. Ар хуэгъэпсащ ерыскъыхэр зэмыкIуэкIыу зэман куэдкIэ щахъумэ, узыншагъэми зэран хуэмыхъу хьэкъушыкъу лIэужьыгъуэ къыдэгъэкIыным. А Iуэхум епхауэ, технологиещIэхэр зи лъабжьэу лэжьэну цехыщIэ республикэм щаухуэнущ. ТехникэмкIэ IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэм я кIыщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ университетым зэрыщIэтIысхьэу щIэныгъэлI ныбжьыщIэ къазэрыхэмыкIыр хьэкъщ. Абыхэм ящыщ куэд щIэныгъэ-къэхутэныгъэ гъуэгум нэхъ пасэу тохьэ, иджыри курыт школым щIэсу. Республикэм и куэдщ предмет хэхахэр куууэ щрагъэдж школхэр, гимназиехэр, лицейхэр, прогимназиехэр. Абыхэм щолажьэ гупжьей зэмылIэужьыгъуэхэмрэ факультатив бжыгъэншэхэмрэ. Республикэм и техникэ IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэм я кIыщу ялъытэ НыбжьыщIэхэм щIэныгъэ-техникэ творчествэмкIэ я республикэ центрыр. Абы екIуалIэ сабийхэм еджэным и унэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм я щэхухэр къыхузэIуах щIэныгъэхэм я доктору 2-м, кандидату 12-м, щIыхь зиIэ егъэджакIуэу 7-м, егъэджэныгъэм и отличникыу 11-м. Центрыр шэщIауэ йолэжь егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ я фIагъыр республикэм къыщыIэтыным. Абы къэхутэныгъэ хьэлэмэтхэр щызэфIах робототехникэмкIэ, автоматикэмкIэ, нанотехнологиехэмкIэ. Ахэр езыгъэкIуэкI ныбжьыщIэхэр, университетыр къаухмэ, жыджэру яхыхьэнущ республикэм, къэралым я щIэныгъэлIхэм. НыбжьыщIэхэм щIэныгъэ-техникэ творчествэмкIэ я республикэ центрым и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ щIыпIэм и сабий зэчиифIэхэр наIуэ къэщIыныр, абыхэм я зэфIэкI псори къызыкъуахынымкIэ сэбэп хъуныр. А къалэным хуэлажьэу, центрым щIэх-щIэхыурэ щокIуэкI республикэпсо, урысейпсо щIэныгъэ-практикэ конференцхэр, зэпеуэхэр, олимпиадэхэр. Апхуэдэхэщ «Хьэршыр», «Вагъуэбэ», «21-нэ лIэщIыгъуэм и зэчиифIэхэр», «Робототехникэ» зэхьэзэхуэхэр, наноолимпиадэхэр. Центрым и творческэ зэгухьэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм я гъэсэнхэр гъэ еджэгъуэ блэкIам щытекIуащ ЩIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм я 10-нэ Урысейпсо гъэлъэгъуэныгъэм, ЕджакIуэхэм я щIэныгъэ-творчествэмкIэ Урысейпсо олимпиадэм, Урысейпсо сабий центрым щекIуэкIа «Бумеранг», «Дыщэ гъэтIылъыгъэ» зэпеуэхэм, Сколковэ щIэныгъэ къалэм къыщызэрагъэпэща Ещанэ Урысейпсо щIалэгъуалэ щIэныгъэ зэхыхьэм. Центрым и гъэсэнхэр жыджэру хэтщ хъыбарегъащIэ, компьютер технологиехэмкIэ къэралпсо олимпиадэхэм. Москва иджыблагъэ щекIуэкIа «Наносистемэхэмрэ нанотехнологие оборудованэмрэ» щIэныгъэ школым и зэхуэсым Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэ ныбжьыщIэхэм езыхэм яхуэдэ гуп 30-м щатекIуэри, япэ увыпIэр къыщахьащ. Центрым и гъэсэнхэм ящыщу цIыхуищ зэпеуэм и унэтIыныгъэ псоми пашэ щыхъуащ. — Республикэм и егъэджэныгъэ IэнатIэм адэкIи зиужьын папщIэ, абы хыхьэ дэтхэнэ IуэхущIапIэри набдзэгубдзаплъэу кIэлъыплъын хуейщ и пщэрылъхэр зэрызэфIихым, зыIэригъэхьэ ехъулIэныгъэхэри зыхунэмыс Iуэхугъуэхэри дапщэщи къилъытэу, — жеIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Семэн Пщыкъан. — А IэнатIэм гулъытэшхуэ хуащI къэрал, республикэ унафэщIхэм, апхуэдэу ар жылагъуэми и нэIэ щIэт зэпытщ. Егъэджэныгъэм къыхыхьэ Iуэху зехьэкIэщIэ мардэхэм IэмалыфIхэр къыдэкIуащ лъэпкъ щIэныгъэм, егъэджэныгъэм адэкIи заужьынымкIэ. «Комсомольская правда. Северный Кавказ» газетым (2013 гъэ, шыщхьэуIум и 8-15) къитхыжащ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30840.txt" }
ЩIэныгъэм хуэузэщIауэ псэуа Котляровхэ Викторрэ Мариерэ иджыблагъэ къыдагъэкIащ «Устремленный к познанию. Вспоминая Хасана Мухтаровича Думанова» зыфIаща тхылъыр. Ар зытеухуа щIэныгъэлI, жылагъуэ лэжьакIуэ Думэн Хьэсэн (1942 — 2011) Урысейми КъуэкIыпIэ Гъунэгъуми къыщацIыху и IэдакъэщIэкIхэмкIэ. Тхылъ 20 хуэдиз къыдигъэкIащ абы. ЩIэныгъэлIым и лэжьыгъэхэм уатезашэркъым, гупсысэхэмкIэ къулейщи, Iуэху еплъыкIэ гъэщIэгъуэнхэр къыщыхьащи. Къыхэгъэщыпхъэщ унагъуэм къихъуэ Iуэхухэмрэ къуажэ гъащIэм хэт цIыхум и гурыгъухэмрэ япэу Думэным къызэрихутар, абыхэм зэрытетхыхьар. Илъэс 30-м щIигъукIэ Думэн Хьэсэн щыIащ Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым, лэжьакIуэ къызэрыгуэкIыу щIидзэри абы и унафэщI къулыкъум нэсат. И лэжьыгъэ елъытауэ жыпIэмэ, псори зыщIэну хуей, щIэныгъэм хуэнэхъуеиншэ цIыхут ар, архив Iуэхум фIыуэ зэрыхищIыкIымрэ къэхутэныгъэ егъэкIуэкIыкIэм зэрыхуэIэкIуэлъакIуэмкIэ ар куэдым къахэщырт. Езыр унафэщI набдзэгубдзаплъэт, гулъытэшхуэ зиIэт, зи псалъэм тетыжыфт. Котляров Виктор: — Думэн Хьэсэн нэхъ гъунэгъуу къыщысцIыхуар илъэс 20 и пэкIэт — «Вдали от Родины: к 130-летию окончания Кавказской войны» и IэдакъэщIэкIыр «Эль-Фа» тхылъ тедзапIэм 1993 гъэм ныщихьарт. Тхылъым Хьэсэн къыщиIуэтат XIX лIэщIыгъуэм и кIэхэм адыгэхэр Тырку къэралыгъуэм ягъэIэпхъуауэ зэрыщытар. Тхылъеджэм абы къыхузэIуихат адыгэм тхыдэм щыщу иджыри къэс зыщымыгъуэзар. Иджыри си нэгу щIэтщ абы щыгъуэм Думэн Хьэсэн а лэжьыгъэм хуэсакъыпэу, псори зэригъэзэхуэжу тIэу-щэ щIиджыкIыжауэ зэрыщытар. Апхуэдэущ дэтхэнэри сыт хуэдэ лэжьыгъэми дызэрыхущытыпхъэр. Думэн Хьэсэн и тхылъхэр къанэ щымыIэу ди тхылъ тедзапIэм и библиотекэм щIэлъщ. ЩIэлъ къудей мыхъуу, абыхэм дэ дролажьэ. Зы Iуэху гуэр дэфтэркIэ, тхыдэм щыщ щапхъэкIэ щIэдгъэбыдэжынумэ, куэдрэ къытхуохуэ абы и тхылъхэр къыщызэдгъэдзэкI, сыту жыпIэмэ, абы и сыт хуэдэ лэжьыгъэми я лъабжьэр пэжырщ… «Устремленный к познанию. Вспоминая Хасана Мухтаровича Думанова» тхылъым Думэным къыдэлэжьахэр, благъэ-Iыхьлыхэр, ныбжьэгъухэр, щIэныгъэлIхэр щытопсэлъыхь абы и цIыху щIыкIэу щытами, сыт хуэдэ лъэужь щIэныгъэм къыхинами. Къапщтэмэ, абы псалъэ гуапэ хужызыIахэр цIыху 70-м нос. Абыхэм къаIуэтэжхэмкIэ ди нэгу къыщIоувэ узыIэпызышэ цIыху губзыгъэм и теплъэр. ЩIэныгъэлIыр зыхэта Iуэхухэм щыхьэт техъуэу лэжьыгъэр гъэнщIащ абы и сурэтхэмкIэ. Тхылъым и кIэухым Викторрэ Мариерэ хагъэхьащ Думэн Хьэсэн и IэдакъэщIэкI нэхъыфIхэм ящыщ зы — адыгэ узэщIакIуэ Щэрдан Екъуб теухуа и монографиер. Мы тхылъыр щIэныгъэлIым и унагъуэм и мылъкукIэ къыдэкIащ, и бжыгъэр минитI мэхъу. ЦIыхур щытхэкIыжкIэ сыт къанэр?! И IуэхущIафэ, лэжьыгъэ, тхылъ… Апхуэдэ щIэин къабзэ къытхуигъэнащ Думэн Хьэсэн, абы къыхэкIыуи, ар иджыри куэдрэ дигу илъынущ… КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30844.txt" }