text
stringlengths 11
353k
| meta
dict |
---|---|
ФIыуэ тлъагъу Налшык
Хабзэу зэрагъэувам тету, Налшык и махуэр ягъэлъапIэ республикэм и Къэралыгъуэм и махуэм техуэу. Къэбэрдей-Балъкъэрым зэрызиузэщIым хуэдэ дыдэу, блэкIа илъэсхэм зыужьыныгъэшхуэ игъуэтащ псоми фIыуэ тлъагъу ди къалэ нэхъыщхьэми. ЖыпIэну ирикъунщ ар мы зэманым Урысейм и мызакъуэу, нэгъуэщI къэралхэми къызэрацIыхуар. Налшык УФ-м и къалэ нэхъ дахэ дыдэхэм ящыщщ. Абы щыхьэт техъуэ хъыбархэр куэдрэ къытIэрохьэ. Псалъэм и хьэтыркIэ, нэгъабэ Интернет-упщIэм ирата жэуапхэм япкъ иткIэ ар хагъэхьащ Урысей Федерацэм и къалэ нэхъ дахащэу пщIым. ЖытIэнщи, абы и лъэныкъуэкIэ ди гъунэгъухэр къыдэхъуапсэ хъунущ.
Ар псори дызыгъэгуфIэ Iуэхущ. Иджы ди къалэм и тхыдэм кIэщIу дыкъытеувыIэнщ. Къалэр 1817 гъэм Урысей быдапIэу къэунэхуащ, Урысеймрэ Куржымрэ Гумкъалэ (Георгиевск) зэгурыIуэныгъэ цIэрыIуэр щызэращIылIа иужь. «Нал щыч»-кIэ зэджэ мы щIыпIэм мыхьэнэ ин иIэт Кавказ линием и лъэныкъуитIми уи нэIэ ятебгъэтынымкIэ. ИужькIэ «слобода» хъуа жылэ цIыкIум щIэх зиужьакъым. Хэбгъэзыхьмэ, блэкIа лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм Налшык нэхъыбэ дыдэу дэтар зы къат фIэкIа мыхъу унэ мыинхэрт. Пэжщ, адэ-мыдэкIэ къатитIу зэтет унэ гуэрхэри щыплъагъурт. И уэрамхэр къабзэтэкъым — абы хуиту щызеуэрт унагъуэ псэущхьэхэр — джэдкъаз- хэр, Iэщышхуэри цIыкIури. ЦIыхухэм я псэупIэхэм я нэхъыбэр ятIэ чырбышым къыхэщIыкIат, лъэгухэри ятIэкIэ къиикIат.
КъБР-м Къэралыгъуэ щигъуэта 1921 гъэм къалэм зэхъуэкIыныгъэ ин дыдэхэр щекIуэкIыу щIидзащ. Къызэрагъэпэщащ Кавказ Ищхъэрэм щынэхъ ин лъэщапIэхэр — лъэрыгу заводым, лы комбинатым хуэдэхэр. Ахэр зыужьыныгъэ иным и щIэдзапIэт.
ЛIэщIыгъуэ блэкIам и 50 гъэхэм Налшык игъуэту хуежьащ иджырей теплъэр. Абы щаукъуэдиящ ноби кIуэ пэтми нэхъ дахэ хъу уэрам занщIэр — Лениным и цIэр зезыхьэ проспектыр. Ди щыхьэрым къыщызэIуахащ СССР-м щыцIэрыIуэ IуэхущIапIэхэр — «СКЭП», «Телемеханика», «Гидрометаллург», вольт лъагэ, проводник ныкъуэ Iэмэпсымэхэр къыщIэзы-гъэкI заводышхуэхэр, «Искож» комбинатыр, дэрбзэр фабрикэр, стадион, санаторэ зыбжанэ, Кавказ Ищхъэрэм щыяпэ телецентрыр. Псори къытхуебжэкIынукъым.
ЗэрыгурыIуэгъуэщи, зэблэкIыгъуэ лъэхъэнэр адрей псоми хуэдэу къытехьэлъащ Налшык къалэми. Ауэ абы щыпсэухэр мэгугъэ ди республикэм и къалащхьэм дяпэкIи зыужьыну, нэхъри ефIэкIуэну.
Махъшокъуэ
Мухьэмэд.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31247.txt"
} |
Узыншагъэ быдэ, насып фиIэну!
ЩIэныгъэхэм я махуэмрэ гъэ еджэгъуэщIэм зэрыщIидзэжымкIэ школакIуэхэм, студентхэм, егъэджакIуэхэм къызэрехъуэхъу телеграммэ КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен и цIэкIэ къигъэхьащ Урысей Федерацэм и Къэрал Думэм и УнафэщIым и къуэдзэ, «ЩIэныгъэ» зыгухьэныгъэм и президент Швецовэ Людмилэ.
«Урысейм и унагъуэ мелуанхэм я дежкIэ мыр махуэ хэхащ, гугъапIэщIэхэр къэзыгъэуш, къэкIуэнум тещIыхьа мурадхэр щаубзыху махуэщ. Хэкум щызэтеува егъэджэкIэу зыхуэбгъэдэн щымыIэм и къарур хъумэнымрэ абы сэбэпынагъыу къихьым хэгъэхъуэнымрэ къэрал политикэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэщ. ЩIэныгъэм и кууагъымрэ абы и фIагъымрэ куэдкIэ елъытащ ди къэралым и зыужьыныгъэр зэрекIуэкIынур, цIыхум и зэфIэкIхэр къигъэсэбэпынымкIэ иIэну Iэмалхэр.
Урысейм и «ЩIэныгъэ» зыгухьэныгъэм къыбгъэдэкIыу фIыщIэ хэха яхуэсщIыну сыхуейщ я къа-руми зэманми емыб- лэжу егъэджэныгъэм и IэнатIэм пэрытхэм икIи къэралым и цIыху нэсхэр гъэсэным и лъэныкъуэкIэ Iуэхушхуэ зэфIэзыгъэкIхэм.
Си гуми си псэми къабгъэдэкIыу сынывохъуэхъу, си ныбжьэгъу лъапIэхэ, узыншагъэ быдэ, насып, ехъулIэныгъэ, гуапагъэ фиIэну!», — итщ телеграммэм.
КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31250.txt"
} |
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Къэралыгъуэр
илъэс 92-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ
КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен цIыхухэм
Зэрызахуигъазэр
Си хэкуэгъу лъапIэхэ!
Лъэпкъ куэду зэхэт ди цIыхубэм пщэдей ягъэлъапIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Къэралыгъуэр илъэс 92-рэ зэрырикъур.
Адыгэ, балъкъэр лъэпкъхэм езыхэм я къэралыгъуэ яIэным щIэхъуэпсу илъэс куэдкIэ къекIуэкIащ. Ауэ а мурадыр ипэжыпIэкIэ къащехъулIар ХХ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэрщ. Тхыдэм и дежкIэ икъукIэ кIэщI а лъэхъэнэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым гъуэгуанэшхуэ икIуащ езым и политикэ, экономикэ, щэнхабзэ зыужьыныгъэм хуэунэтIауэ. Нобэ ди республикэр Урысей Федерацэм хуитыныгъэкIэ зэхуэдэ и субъектхэм ящыщщ. Абы экономикэ, щIэныгъэ, зэхэщIыкI я лъэныкъуэкIэ зэфIэкIышхуэ бгъэдэлъщ икIи демократие хабзэхэр щытепщэ иджырей къэралыгъуэ ухуэным хуэунэтIа урысейпсо зэщIэхъееныгъэм жыджэру хэтщ. Къэбэрдей-Балъкъэрыр езыхэр щалъхуа унагъуэу къэзылъытэ лъэпкъ псоми къахэкIахэм я сэбэпхэр къэлъытэнырщ дэ едгъэкIуэкI къэрал лъэпкъ политикэм и мурад нэхъыщхьэ дыдэр. Дэ адэкIи дыхуэсакъыу тхъумэнущ лъэпкъхэм яку дэлъ зэхущытыкIэ тэмэмыр.
ДызыхуэкIуэ илъэсхэм экономикэм зэпIэзэрыту зиужьынущ икIи ар и лъабжьэу цIыхухэм я псэукIэр ефIэкIуэнущ. Дэ ди мурадщ псэукIэм и фIагъыр нэрылъагъуу къэтIэтыну. Шэч къытесхьэркъым зыхуэдгъэувыжа мурадхэр къызэрыдэхъулIэнум, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэри Урысей Федерацэм ис зэкъуэш лъэпкъхэм ящIыгъуу мамырыгъэмрэ социальнэ зыужьыныгъэмрэ я гъуэгум адэкIи лъэ быдэкIэ зэрытетынум.
Къэбэрдей-Балъкъэрым исхэм махуэшхуэмкIэ — Республикэм и махуэмкIэ — си гуапэу сохъуэхъу икIи мамырыгъэ, фIыгъуэ, ефIэкIуэныгъэ яIэну си гуапэщ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31252.txt"
} |
Мыхьэнэ зиIэхэр
«Урысейм и щэнхабзэр (2012 — 2018)» федеральнэ программэм теухуауэ» Урысей Федерацэм и Правительствэм къищта унафэм ипкъ иткIэ, Печатымрэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ федеральнэ агентствэм (Роспечать) лъэIу тхылъхэр къаIех, жылагъуэм дежкIэ мыхьэнэ зиIэ тхылъхэр къыдагъэкIынухэм хагъэхьэн икIи ахэр дунейм къытехьэн папщIэ текIуэдэну ахъшэр федеральнэ мылъкум къыхэкIыу ящIын мурадкIэ. КъыдагъэкIыну «зи насып къихьынухэр» нобэрей псэукIэ-щыIэкIэм пыщIа гугъуехьхэр тэмэму къэзыгъэлъагъуэмрэ цIыхум и гупсысэм зезыгъэужьымрэщ.
Иджы япэу апхуэдэ гулъытэ игъуэтащ Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я IэдакъэщIэкIхэм — «Кавказ» серием и къыкIэлъыкIуэ тхылъитIым. Фигу къэдгъэкIыжынщи, ипэкIэ дунейм къытехьащ абы щыщхэу «Географические объекты и названия», «История, народы, обычаи», «Европейские дневники XIII-XVIII веков», «Адаты горских народов», «Культуры, легенды, предания», «Племена, нравы, язык», «Край гордой красоты», «Законы и обычаи», «Музей мировой истории», «Народы. Истории завоевания», «Женское пространство», «Нарты» жыхуиIэхэр. Иджы абыхэм къахэхъуэнущ томитI хъу «В плену у горцев» тхылъыр.
Налшык къалэм дэт тхылътедзапIэ цIыкIум (цIыху и 6-щ щылажьэр зэрыхъур) и ехъулIэныгъэхэр нэрылъагъущ. Урысейми хамэ къэралхэми къыщацIыхуащ абы и лэжьыгъэхэр. Милан щекIуэкIа тхылъ гъэлъэгъуэныгъэм утыку къыщрахьащ Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я IуэхущIапIэм къыщыдэкIа тхылъхэр, мы гъэм и бжьыхьэм ахэр Белград яшэнущ. Илъэсищ хъуауэ а цIыху гуащIафIэхэм я сурэт альбомхэмрэ «Кавказ» серием щыщ тхылъхэмрэ Урысейм щынэхъыфIхэм хабжэ, АСКИ-м иригъэкIуэкI «Илъэсым и тхылъ нэхъыфI» зэхьэзэхуэм и «Урысейм и щIыналъэхэм зегъэужьыным хэлъхьэныгъэ хуэзыщI тхылъ нэхъыфI» Iыхьэм щытокIуэ.
КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31257.txt"
} |
Мэшыкъуэм «Алания»-р къыттрегъакIуэ
«Спартак-Налшык» (Налшык) — «Алания» (Владикавказ) — 1:2 (0:1, 1:2). Налшык. «Спартак» стадион. ШыщхьэуIум и 31-м. Урысей Федерацэм и кубок. Финалым и 1/32-нэ Iыхьэ. ЦIыху 700 еплъащ.
Судьяхэр: Рушаков (Архангельск), Дуденков (Петрозаводск), Болховитин (Санкт-Петербург).
«Спартак-Налшык»: Степанов (Хъаний, 46), Суслов, Мэкъуауэ, Джудович, Абазэ, Щэуей, Чеботару, Рухайа (Гъубж, 100), ЛIуп, Аверьянов (Гъурф, 74), Сирадзе (Руа, 91).
«Алания»: Гудиев, Токазов, Байрыев, Хайманов, Хозин, Зайцев, Брессан, Джиоев (Бутуев, 81), Хадарцев (Мэшыкъуэ, 101), Ходжавэ, Гогичаев (Засеев, 61).
Топхэр дагъэкIащ: Хозиным, 16 (0:1), Щэуейм, 54 (1:1). Мэшыкъуэм, 103 (1:2).
Дагъуэ къыхуащIащ Мэкъуауэм.
Джэгум къыхахуащ Хозиныр.
Урысей Федерацэм футболымкIэ и кубокыр къэхьыным теухуа зэхьэзэхуэм и пэщIэдзэ зэIущIэхэр командэхэм къагъэсэбэп хабзэщ сыт щыгъуи джэгупIэ губгъуэм къихьэну Iэмал зимыIэхэм я зэфIэкIыр зэхагъэкIын папщIэ. Аращ ящIар мэрем кIуам Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм хьэрхуэрэгъу щызэхуэхъуа «Спартак-Налшыкымрэ» «Алания»-мрэ. ЛъэныкъуитIми нэхъыбэу тегъэщIапIэ ящIар дяпэкIэ нэхъ зыщыгугъуну щIалэщIэхэрщ. ЖыпIэну ирикъунщ налшыкдэсхэм яхэту а пщыхьэщхьэм адыгэу 7 къызэрихьар, владикавказдэсхэм осетину 8 утыку къызэрырагъэхьар.
Зыкъагъэлъэгъуэну Iэмал зрата щIалэщIэхэм ялъэкI къагъэнакъым икIи абыхэм уащыгугъ зэрыхъунур наIуэ ящIащ. Аращ топджэгум дихьэххэр зыщIэхъуэпсри.
ФIыуэ ялъагъу командэр трагъэгушхуэну Осетие Ищхъэрэ-Аланием гупышхуэ къикIат. Абыхэм я макърат Налшык и «Спартак» стадионым нэхъыбэу щызэхэпхыр. Махуищ ипэкIэ Оренбург 0:4-уэ къызэрыщыхагъэщIам и зэранкIэ «Спартак-Налшыкым» къыдэщIхэр нэхъ мащIэж хъуат.
Командэхэм хуэсакъыпэурэ зэIущIэм къыщIадзащ. Абы щыгъуэми налшыкдэсхэр нэхъ жыджэрт, я ебгъэрыкIуэныгъэхэри нэхъ гуащIэт. АрщхьэкIэ япэу къыхэжаныкIар хьэщIэхэрщ. 16-нэ дакъикъэм «Алания»-м и гъуащхьауэхэм ящыщ зы «Спартак-Налшыкым» и штрафнойм пэмыжыжьэу ираудащ. Абы и тезыру ди гъуэм къызэреуам Степановыр пэлъэщакъым — 0:1.
Джэгум и япэ Iыхьэр и кIэм нэблэгъауэщ «Спартак-Налшыкым» и футболистхэм «Алания»-р нэхъ ягъэпIейтей щыхъуар. 36-нэ дакъикъэм ЛIуп Ислъам бжыгъэр зэхуэдэ ищIыжыну Iэмал хъарзынэ къыхукъуэкIащ, ауэ ар къыхуэгъэсэбэпакъым. Абы иужькIи ди щIалэхэр мызэ-мытIэу владикавказдэсхэм я гъуэм еуащ, арщхьэкIэ къикIа щыIэкъым.
Загъэпсэхуауэ къыщихьэжым «Спартак-Налшыкым» и гъуащхьэтетыр яхъуэжащ. Япэ дыдэу ди командэм и фащэр щыгъыу мыпхуэдэ утыкушхуэ къихьащ Хъаний Тимур. Лэжьыгъэшхуэ имыIами, абы мыIейуэ зыкъигъэлъэгъуащ. Псалъэ гуапэхэр яхуэфащэщ ди щIыпIэм къыщалъхуауэ мы зэIущIэм хэта адрей щIалэхэми. Ахэращ зи фIыгъэр 54-нэ дакъикъэм «Спартак-Налшыкым» бжыгъэр зэхуэдэ зэрищIыжар: Щэуей Алихъан топыр къыщыIэрыхьэм, напIэзыпIэм гъуэм лъэщу еуащ икIи «Алания»-м и гъуащхьэтет Гудиевыр абы пэлъэщакъым — 1:1.
АдэкIи тепщэныгъэр зыIэщIэлъар налшыкдэсхэращ. Апхуэдэу щыт пэтми, джэгум хухаха зэманыр зэрытемыгъэкIуауэ иухащ.
Кубокым ехьэлIа зэхьэзэхуэм Iэмал имыIэу тIум языхэзыр зэIущIэм щытекIуэн хуейуэ къызэригъэувым къыхэкIыу, иджыри сыхьэт ныкъуэ къыщIагъуащ. А зэманым Iуэхугъуэ хьэлэмэт зыбжанэ къызэщIиубыдащ. ЯпэщIыкIэ «Алания»-м джэгупIэ губгъуэм Мэшыкъуэ Ислъам къригъэхьащ. Адыгэ щIалэм дакъикъитI тригъэкIуэдауэ аращ топ къытхудигъэкIыным. КъыкIэлъыкIуэу «Алания»-м и гъуащхьэхъумэ Хозиныр джэгум къызэрыхахуам «Спартак-Налшыкым» Iэмал къритат дакъикъэ 15-кIэ бжыгъэкIэ зэрынэхъыбэр къигъэсэбэпыну. Я къару псори ирахьэлIами, абы бжыгъэр зэхуэдэ хуэщIыжакъым икIи Мэшыкъуэм дигъэкIа топым «Алания»-р къыттригъэкIуащ.
Арати, 1:2-уэ къыхагъащIэри, «Спартак-Налшыкыр» Урысей Федерацэм и кубокым щIэбэнхэм къыхагъэкIащ. Иджы я зэфIэкI псори япэ дивизионым щекIуэкI зэхьэзэхуэм ирахьэлIэн хуейщ, зэрыхуа щытыкIэ гугъум къикIын папщIэ. АбыкIэ къежьапIэ хъуфынущ фокIадэм и 5-м Белгород и «Салют»-м Налшык щыдригъэкIуэкIыну зэIущIэр. Джэгум сыхьэт 19.00-м щIидзэнущ.
ЖЫЛАСЭ Заурбэч.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31260.txt"
} |
Саугъэт нэхъ лъапIэр Джулат ейщ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Къэралыгъуэр илъэс 92-рэ зэрырикъур щагъэлъапIэ фокIадэм и 1-м Налшык и шыгъэжапIэм «Iуащхьэмахуэ и Кубок» 8-нэ дунейпсо шыгъажэ щекIуэкIащ. 2006 гъэм ипподромыр зэрагъэпэщыжа нэужь КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен и жэрдэмкIэ зэхаубла а зэпеуэр пщIэ зиIэщ. А шыгъажэм зэхуешэс Урысей Ипщэм и шууей, шыгъажэш нэхъыфIхэр.
Ипподромым узэрыдыхьэу, нэгум къыщIедзэ абы и унафэщI Балъкъэр Хьид деж щыщIэдзауэ лэжьакIуэ гупым ар зыхуей хуэгъэзэным теухуауэ яхузэфIэкI къызэрамыгъанэр. Къепсэпсауэми, шыгъэжапIэм зы тIысыпIэ нэщI имыIэу цIыхур изт, гукъыдэжрэ дэрэжэгъуэрэ ядэплъагъурт.
Япэу къызэдэжащ Урысейм къыщыхъуа, илъэситI зи ныбжь шыхэр. Метр 1600-рэ гъуэгуанэр зэпызычахэм я деж щытекIуащ «Малкэ» шы заводым и шыгъажэш Степной Сармат. Ар къигъэжащ шууей Къэжэр Алим, тренерыр Алокъуэ Аслъэнджэрийщ.
КъБР-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм и саугъэтым щIэбэна, илъэситI зи ныбжь шыхэм къахэжаныкIащ япэу метр 1600-р къызэзынэкIа Май Мун Мубарек. Ар ейщ Ингушым щыщ Зязиков Iэдэм. ФIыщIэ яхуэфащэщ зэхьэзэхуэм ар хуэзыгъэхьэзыра КIыщ Олегрэ къэзыгъэжа шууей Суханов Денисрэ.
Зи фондыр сом зы мелуан хъу «Iуащхьэмахуэ и Кубок» саугъэт нэхъыщхьэм и зэпеуэм сыт щыгъуи хэтщ илъэсищ зи ныбжь, нэхъыжь шыгъажэшхэр. Къызэхуэсахэр зыпэплъэ зэпеуэт ар, ирипIейтейрт иужь илъэситIым ар Ингушым зэралъысам. АрщхьэкIэ, ипподромым къыщызэхуэсахэм я гукъыдэжыр къызэщIиIэтащ «Налшык» хьэлвэ заводым и шыгъажэш Джулат. Абы метр 2400-р псынщIэу къызэринэкIри, текIуэныгъэр зыIэригъэхьащ.
Иужьрей илъэситI-щым хьэлвэ заводым ишхэр зыгъасэ гупым, Балъкъэр Хъусен зи пашэм, апхуэдэ текIуэныгъэ яIакъым икIи абыхэм я дежкIэ ар уасэ зимыIэщ. ФIыщIэ хэха яхуэфащэщ заводым и унафэщI Къудалы Мухьэмэдрэ мастер-шууей емызэшыж Сыжажэ Тимуррэ. Джулат и хьэрхуэрэгъу нэхъ шынагъуэу щытар Шэшэным и Iэтащхьэ Кадыров Рамзан и Вокал Мод шыгъажэшырщ. Абы ещанэ увыпIэр лъысащ, ЦIыпIынэ Арсен и уней шыгъажэш Минт Кол етIуанэщ.
«Пщащэм лъэщIыхьэ» зэхьэзэхуэм хэтащ Налшык и спорт школым и гъэсэнхэу Башкиновэ Иринэ, Хъумран Залинэ, Абазэ Ислъам, Асадулин Ислъам сымэ. Гупым я унафIэщIщ Баженов Леонид. Зэпеуэм и хабзэмкIэ шууей щIалэр шым тес пщащэм лъэщIыхьэу абы IэплIэ хуищIыну яужь итын хуейт. Ауэ пщащэхэм щIалэхэм абы апхуэдэ Iэмал иратакъым. Зэхьэзэхуэм кIэлъыплъхэм а лъэпкъ джэгукIэр ягъэщIэгъуэн ямыухыу шыгъажэ гъуэгум къытехьащ «Малкэ» шы заводым и адыгэ шы лъэпкъ къабзэм тес шууей Куфан Арсен икIи псоми я гукъыдэжыр къызэщIэзыIэта шы гъэджэгукIэ дахэ игъэлъэгъуащ.
КъБР-м и Iэтащхьэм и саугъэтри «Iуащхьэмахуэ и Кубок»-м хуэдэу 2006 гъэ лъандэрэ зыщIэбэнщ икIи плIэнейрэ ди шууейхэм къахьащ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, 2009 гъэм ар лъысауэ щытащ налшык шы спорт школым ей Джек Гот Ивен шыгъажэшым, 2008, 2011, 2012 гъэхэм къыхэжаныкIащ «Малкэ» шы заводым и шыгъажэшхэу Джет, Вай Лиф, Голден Хэло. Зи саугъэтыр сом мелуан хъу иджырей зэпеуэм щытекIуащ Сэкрэк Заур и Виктории Фэйс шыгъажэшыр. Зэпеуэм ар хуигъэхьэзыращ Мыкъуэ Рашид, къэзыгъэжар япэ категорие зиIэ шууей Каппушев Мырзэбэчщ. Метр 2400-рэ гъуэгуанэм бжьыпэр щызыубыдам къызэринэкIащ Твин Клинг, Кодзуро, Черный Кардинал, нэгъуэщI шыгъажэш цIэрыIуэхэр.
Апхуэдэ текIуэныгъэм нэхъри тригъэ-гушхуагъэнущ Каппушев Мырзэбэч икIи КИФЩI-м и саугъэтым щыщIэбэна метр 2800-рэ гъуэгуанэм и хьэрхуэрэгъухэм я деж бжьыпэр щиубыдащ. Абы къигъэжащ Сэкрэк Заур и Рут Чейзере шыгъажэшыр.
ИлъэситI зи ныбжь шыгъажэшхэр метр 1600-м къыщIыщызэдэжа, Налшык къалэ и саугъэтыр, нэгъаби хуэдэу, Ингушым Iэрыхьащ. Абы щытекIуащ Тунгуев Багаутдин и Миррор Дэйт уней шыгъажэшыр, тренерыр Аушев Екъубщ, къэзыгъэжар ди лъахэгъу шууей Панжокъуэ Рустамщ.
КъБР-м и Къэралыгъуэм и махуэм теухуа саугъэтым и зэпеуэм хэтащ «Малкэ» шы заводым и адыгэш илъэситI зи ныбжьхэр. Метр 1200-рэ гъуэгуанэр япэу къызэринэкIащ Ракетэ уней шыгъажэшым. Ар тренер ТIыхъужь А. ейщ, къэзыгъэжар шууей Суханов Денисщ.
Шыгъажэ зэпеуэм и кIэухыу утыку къихьащ ЩIэныгъэхэм я махуэм и саугъэтым щызэпеуа, илъэситI зи ныбжь шы лъэпкъыфIхэр. Метр 1200-рэ гъуэгуанэм къыщызэдэжахэм къахэжаныкIащ Къудей Хьэсэн и уней шыгъажэш Малибу Микс. Ар къигъэжащ япэ категорие зиIэ шууей Каппушев Мырзэбэч. Тренерыр Ало Эдуардщ.
УЭРДОКЪУЭ Азэмэт.
Сурэтыр Толгуров Камал трихащ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31262.txt"
} |
Краснодар кIуэну загъэхьэзыр
Тхьэмахуэ кIуам «Нарт» хьэщIэщым и спорт утыкум щекIуэкIащ стритболымкIэ (уэрам баскетбол) Налшык пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэпеуэр.
Илъэс еханэ хъуауэ ирагъэкIуэкI зэхьэзэхуэр къызэрагъэпэщ физкультурэмрэ спортымкIэ къалэ комитетым, сабий-ныбжьыщIэ спорт еджапIэ №2-м, «Урысей гъущI гъуэгухэр» ОАО-р мылъкукIэ я щIэгъэкъуэну.
Стритбол зэпеуэм я ныбжь елъытауэ гупищу гуэша командэ 31-рэ хэтащ. Пщащэхэм я нэхъыжь гупым бжьыпэр щиубыдащ «Кристалл» командэм. Курытымрэ нэхъыщIэхэмрэ я деж япэ, етIуанэ увыпIэхэр къыщахьащ ДЮСШ №2-мрэ «Кристалл» командэмрэ. ЩIалэ нэхъыжьхэм я зэпеуэм ДЮСШ №2-м и лIыкIуэхэр щытекIуащ. Курыт, нэхъыщIэ гупхэм я деж «Кристалл»-р щыпашэщ.
Зэхьэзэхуэм къыхэжаныкIахэм я цIэхэр къраIуащ. Пщащэхэм ящыщу нэхъ жыджэращ 27-нэ школым и еджакIуэ, гъуащхьэхъумэ Щомахуэ Залинэ, а школ дыдэм щыщ гъуащхьауэ Бабаевэ Тамилэ, 30-нэ школым и еджакIуэ Маревичевэ Риммэ сымэ. ЩIалэхэм ящыщу 30-нэ школым щыщ гъуащхьауэ Нэбыт Аскэр, гъуащхьэхъумэ Бозий Мухьэмэд (лицей №29), гъуащхьауэ Бегиашвили Руслан (лицей №2) сымэ къапэхъун къахэкIакъым.
Налшык пашэ щыхъуахэр хэтынущ фокIадэм и 14 — 17-хэм Краснодар къалэм стритболымкIэ щекIуэкIыну зэхьэзэхуэхэм. Абы хэтынущ КИФЩI-м, Ипщэ федеральнэ щIыналъэм я гупхэр. Ди баскетболистхэр и гъэсэнщ Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и тренер Къумыкъу Риммэ.
УЭРДОКЪУЭ Азэмэт.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31266.txt"
} |
Дарье и дыщэ медаль
Румынием и къалащхьэ Бухарест тхэквондомкIэ европэ зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ къэрал 40-м я спортсменхэр ирихьэлIэу.
Урысейм и командэ къыхэхам хэту абы и зэфIэкI щигъэлъэгъуащ къэралым тIэунейрэ и чемпионкэ ди лъахэгъу Гриськовэ Дарье икIи дыщэ медаль къихьащ.
КIэух зэпеуэм Дарье хьэрхуэрэгъу къыхуэхъуа тырку спортсменкэм бжыгъэр 9:4-уэ текIуэныгъэр къыфIихьащ.
Гриськовэм зэман кIэщIым ехъулIэныгъэфIхэр зыIэригъэхьащ. ИлъэсиплI хъуауэ Дарье дэлажьэр тренер Ким Викторщ. Мы зэманым пщащэм зыхуегъэхьэзыр Челябинск щекIуэкIыну Russia open Урысейпсо зэхьэзэхуэм, Великобританием пашэныгъэр къыщыхьынымкIэ зэпеуэм Манчестер къалэм щекIуэкIынум, хэтыну къыпэщылъщ.
Чернышев Денис.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31268.txt"
} |
Хъыбар зэшыгъуэ
«Си цIэмрэ сэрэ» — арат япэщIыкIэ Чеховым фIищар 1889 гъэм «Хъыбар зэшыгъуэ» фIэщыгъэм триухуэжу къыдигъэкIа тхыгъэм. «Мыр повесткъым, диссертацэщ, дихьэхынури тхыгъэ хьэлъэхэр зыфIэфIхэращ», — хуегъэхъыбар тхакIуэм и ныбжьэгъум. АрщхьэкIэ нэхъ ткIий дыдэу къыхущыт критикхэм яз Михайловский Николай нэгъунэ къалъытат ар «Чехов иджыри къэс итхахэм я нэхъыфIу». «Уи лэжьыгъэмкIэ си гур зэрыптхьэкъуар бжезмыIэу схуэшэчынукъым, Антон Павлович, — къыхуетх тхакIуэм Киселев Ф. С. — Лъэбакъуэ абрагъуэ зэрыпчам и щыхьэту, Iэгуауэшхуэ пхузоIэт».
Чехов Антон
Зи жьы хъугъуэм и тхыгъэхэм щыщ
ЩIыхьышхуэ иIэу профессор гуэр исщ Урысейм. Мыстхэ я къуэ Николай Степанович; дамыгъэ хэIэтыкIахэр зи фащэтелъ чэнджэщэгъу нэхъыщхьэ. Урысхэмрэ хамэ къэралхэмрэ къратауэ абы апхуэдизкIэ орден куэд иIэщи, а псори зыкIэрилъхьэн хуей щыхъукIэ, студентхэр и нэщIыбагъкIэ «тыхь фIэдзапIэкIэ» йоджэ. И цIыхугъэхэр нэхъ хэплъыхьа дыдэхэм ящыщщ. Сыти жыIи, иужьрей илъэс тIощIырытху-щэщIым абы и уэрсэрэгъуу щымыта щIэныгъэлI цIэрыIуэ Урысейм исакъым икIи искъым. Иджы зыкIэлъыкIуэни иIэжкъым, ауэ блэкIам и гугъу пщIымэ, гумащIэрэ хьэрэмыгъэншэу абы къыбгъэдэта и ныбжьэгъуфI къомым я сатырыр Пирогов, Кавелин, усакIуэ Некрасов сымэ я цIэхэмкIэ еух. Ар хамэ къэрал университетищми, Урысейм иту хъуами лэжьыгъэкIэ япыщIащ. КъинэмыщIхэми, къинэмыщIхэми. А къомымрэ иджыри жыпIэ хъун Iэджэмрэ къыхэщIыкIащ сэ «си цIэкIэ» зэджэр.
А си цIэр цIэрыIуэщ. Урысейм ису тхэкIэ-еджэкIэ зыщIэ дэтхэнэ зыми ар ещIэ, хамэ къэрал зэхуэсышхуэхэм «цIэрыIуэ», «зи щIыхьыр ин» пагъэувэурэ къыщапсэлъ. ЖыпIэкIи къытебдзэкIи бгъэпудыну хьэмэрэ щичэзуи щимычэзуи къипIуэну емыкIуу ябж цIэ ехъулIа закъуэтIакъуэм ящыщщ ар. Апхуэдэущ зэрыщытын хуейри. Сыту жыпIэмэ, сэ си цIэм зэфIэкI зиIэ икIи, шэч хэмылъу, сэбэпышхуэ къэзыхь цIыху цIэрыIуэ уи нэгу къыщIегъэхьэ. Сэ сылэжьэн сфIэфIщ, махъшэм ещхьу сыбэшэчщ, абы мыхьэнэшхуэ иIэщ. Iуэхум сыхуэIэзэщ — абы и мыхьэнэр нэхъ иныжщ. ИтIанэ, псалъэм къыдэкIуэу, сэ сыцIыху гъэсащ, сынэмысыфIэщ икIи сыщIалэ пэжщ. Зэи литературэми политикэми си бэлагъыр хэсIуакъым. ЩIэныгъэншэхэм седауэурэ цIэрыIуэ сыхъуну сыхэтакъым. ТхьэлъэIухэми си ныбжьэгъухэм я кхъащхьэ- хэми сыкъыщыпсэлъакъым… Хэбгъэзыхьмэ, си щIэны-гъэлI цIэм зы бжьыгъи илъкъым, щIэтхьэусыхэни бгъэдэлъкъым. Ар цIэ ехъу- лIащ.
А цIэр зезыхьэ сэ, илъэс хыщIрэ тIу зи ныбжьым; зи щхьэр джафэ, зи дзэхэр Iух-Iулъхьэ, тик хэтIэса зэфыкI цIыхум и теплъэщ си теплъэр. Си цIэр зэрылыдым, зэрыдахэм хуэдизынкIэ, сэ езыр фае сыхъуащ икIи сылъагъугъуейщ. Си щхьэмрэ си Iэхэмрэ къарууншэщи, мэкIэзыз. Си пщэр, Тургеневыр зытетхыхьа хъыджэбз гуэрым ейм хуэдэу, шыкIэпшынэм и къум ещхьщ. Си бгъэр иуащ, си плIэр Iузэщ. СыщыпсалъэкIэ е лекцэ сыкъыщеджэкIэ си жьэр лъэныкъуэкIэ йоIушэкI. СыщыгуфIэкIэ си нэкIур зэрыщыту лIыжь хьэдафэу золъэ. Фэншэ дыдэщ си Iэпкълъэпкъ зэфIэшыжар, тикыр къыщыхэлъадэм и гугъу умыщIыххэми. Апхуэдэхэм деж си теплъэм щытыкIэ гуэр егъуэт, хэт къысIуплъэми игъэгужьейуэ: «Мыбы, тобэ ирехъу, куэд икIужынкъым», — жримыгъэIэнкIэ Iэмал имыIэу.
Сэ иджыри мыIейуэ лекцэ сыкъоджэ. Езгъаджэхэр сыхьэтитIым и кIуэцIкIэ зызогъэдэIуэф иджыри. Сыдихьэхауэ, тхыбзэм тету, гушыIи хэлъу сызэрыпсалъэм си макъым и дагъуэхэр ягъэпщкIу — ар езыр икIащ, пхъашэщ икIи тхьэгъэпцIым ейм ещхьу зэпош. Си тхэкIэращи — Iисрафщ. Тхэн Iэзагъыр къызэрыкIыкI си щхьэкуцI къуэпсыр гъуащ. Щыгъупщэх сыхъуащ, гупсысэхэр зэрызэкIэлъыкIуапхъэм хуэдэу зэрыIыгъкъыми, тхылъымпIэм истхэн зэрыщIэздзэу, ахэр зэрызыгъэубыдыр зыхэсщIэжыркъым. А зы ухуэкIэжьращи, псалъэухар къуийщ икIи мыкIуэмытэщ. Стхым жысIэну сызыхуейр къыщимыкI куэдрэ къохъу. И кIэм сыщынэсым деж къызэрыщIэздзар сщогъупщэж. Псалъэ къызэрыгуэкI дыдэхэр щIэх-щIэхыурэ сIэщIоху икIи сыт щыгъуи къаруушхуэ сфIехь тхыгъэм псалъэ лейрэ псэлъафэрэ хэзмыгъэхьэным — а тIури цIыхум и щхьэр тэмэму зэрымылажьэм и щыхьэтщ — Iэмал хуэзгъуэтыркъым. Хьэлэмэтракъэ, тхыгъэр нэхъ къызэрыгуэкIыху, бэлыхьу стелъыр нэхъ инщ. ЩIэныгъэм сыщытетхыхькIэ, си гур IэджэкIи нэхъ утIыпщащ икIи нэхъ зысфIэгубзыгъэжщ, зыгуэрым псалъитI-щыкIэ сехъуэхъун е къулыкъу тхылъымпIэ гуэр стхын щыхуейхэм нэхърэ. ИтIанэ: нэмыцэбзэкIэ е инджылызыбзэкIэ сытхэну нэхъ сфIэтыншщ урысыбзэкIэ нэхърэ.
Иджырей си псэукIэм и гугъу пщIымэ, сызэрымыжеифым си фэр зэрырихым и гугъу сымыщIу хъунукъым. Уи псэукIэм гу лъумытэнкIэ Iэмал имыIэу нэхъ къыхэщыр сыт», — жиIэу зыгуэр къызэупщIамэ, «жейр зэрыс-фIэкIуэдар» жысIэнт. Япэм ещхьу, сызэресауэ, жэщыку зэрыхъуу, зызотIэщIыжри согъуэлъыж. ЗанщIэу сыIурех, ауэ сыхьэтитIыр екIуэкIыу сыкъызэщоуж, сымыжеиххам хуэдэу. Сыкъэтэджыжу уэздыгъэр щIэзгъэнэн хуей мэхъу. Зы сыхьэт е сыхьэтитI сыкъикIукI-сыникIукIыу пэшым сыщIэтщ, зэрысщIэжрэ фIэлъ сурэтхэм сеплъу. КъэкIухьыныр сужэгъуа нэужь, си Iэнэм сыбгъэдотIысхьэ. Зыри сыхуэмейуэ, зыми семыгупсысу, зызмыгъэхъейуэ сыщысщ. Си пащхьэм тхылъ илъмэ, къызогъэкIуатэри, зыкIи сфIэмыхьэлэмэту соджэ. Апхуэдэу жэщ гуэрым роман псо щIэзджыкIащ, «ПцIащхъуэм и уэрэд» цIэ мыгурыIуэгъуэр иIэу. Е, сытемыгупсысыкIын щхьэкIэ, миным нэс сыбжэну къалэну зыхузогъэувыж. Хьэмэрэ ныбжьэгъухэм языхэз си нэгу къыщIызогъэхьэри, дапщэщ, сыт хуэдэ щIыкIэкIэ лэжьапIэм къэува хъуами къызогубзыгъыж. СызыпхыдэIукIын сфIэфIщ. Зэм пэшитIкIэ спэIэщIэу жей сипхъу Лизэ мэIуэщхъу. Зэм си щхьэгъусэр хьэщIэщым шэху уэздыгъэ иIыгъыу кIуэцIрокIри, Iэмал имыIэу мафIэдзылъэр Iэпоху. УнэлъащIэ тIорысэр мэкIыргъ е уэздыгъэкум зуун щIедзэ, икIи, къызыхэкIыр сымыщIэу, а макъ псоми сагъэпIейтей.
Жэщым умыжеймэ, пхухэту зыкъыпщохъуж дакъикъэ къэс. Аращи, сымыжеину сыщыхуит пщэдджыжьымрэ махуэмрэ къысхуэмыгъэсу сожьэ. Уи гущхьэр игъэуфIыцIу зэманышхуэ макIуэ пщIантIэм дэт адакъэр Iуэн и пэкIэ. Япэрей гуфIапщIэр абы къелэжь. Ар Iуакъэ — сыхьэт зэрыдэкIыу, и лъабжьэм къыщыуша хъумакIуэр зыгуэр щхьэкIэ шхыдэу, зигъэпсчэуIуу къызэрыдэкIуеинур сощIэ. ИтIанэ щхьэгъубжэ щIыбым хуэм-хуэмурэ хьэуам и фэр щыпыкIынурэ, уэрамымкIэ макъхэр къиIукIын щIидзэнущ…
Си махуэр щхьэгъусэм и къыщIыхьэгъуэмкIэ къыщIедзэ. Ар ныкъуэхуапэщ, и щхьэцыр мыжьщ, ауэ зитхьэщIакIэщ, удзхэкI дыхумэ къыкIэрех. ЗэрымыщIэкIэ къыщIыхьа нэхъей, абы сытым дежи жиIэр зыщ:
— Къысхуэгъэгъу, сэ зы дакъикъэкIэ… Ныжэбэ гуэрми ужеякъэ?
ИтIанэ уэздыгъэр егъэункIыфI, Iэнэм бгъэдотIысхьэри псэлъэн щIедзэ. Сэ сыбегъымбаркъым, ауэ къыщIимыдзэ щIыкIэ сощIэ ар зытепсэлъыхьынур. Пщэдджыжь къэс а зыращ. Зэрыхабзэу, си узыншагъэ зытегузэвыхьым щIэупщIа нэужь, зэуэ игу къокIыж Варшавэ къулыкъу щызыщIэ ди къуэ офицерыр. Мазэм и кIэм абы тумэнитху худогъэхь — аращ нэхъ дызытепсэлъыхьри.
— Тхьэ, ар ди дежкIи мытынш, — мэщатэ фызыр, — ауэ и Iуэху зэтеувэху тIэкIу зыщIэдмыгъакъуэу хъунукъым. Сабийр хамэ щIыпIэм щыIэщ, и улахуэри мыхьэнэншэщ… Ар жысIэ щхьэкIэ, ухуеймэ, мазэ къакIуэ тумэнитху мыхъуу, плIы хуедгъэхьынщ. Дауэ уеплърэ?
Махуэ къэс и нэгу щIэкIхэм си щхьэгъусэм и фIэщ ящIын хуейт нэхъыбэрэ дытепсэлъыхь щхьэкIэ, дгъэкIуэдыр нэхъ мащIэ зэрымыхъур. АрщхьэкIэ зыгуэр гъэунэхун жыхуаIэр абы къыфIэIуэхукъым икIи димыгъэхуIауэ пщэдджыжь къэс ди къуэ офицерми, щIакхъуэр, Тхьэм и шыкуркIэ, нэхъ пуд зэрыхъуами, фошыгъу уасэм кIэпIейкIитIкIэ зэрыхэхъуами къысхутопсэлъыхь. Ари хъыбар щIэрыпс къызжиIэм хуэдэу. Сэ содаIуэ, езыр-езыру арэзы сыдохъу, итIани, жэщым сызэрымыжеяра къыщIэкIынщ, мыхьэнэ зимыIэ гупсысэ зыщымыщхъухэм сызэщIаубыдэ. Соплъ си фызми, сабийм зыгуэр зэригъэщIагъуэм хуэдэу согъэщIагъуэ. СыкъэуIэбжьыжу сызоупщIыж: пэжу пIэрэ мыпхуэдиз зи пшэрагъ фызыжь мыкIуэмытэр; Iуэху мыфэмыцхэмрэ щIакхъуэ Iыхьэмрэ ягъэгужьеярэ щIыхуэмрэ къэщэхупхъэмрэ фIэкIа емыгупсысу зи нэм пшагъуэ трихьар; ахъшэ зытригъэкIуадэм фIэкIа зыми темыпсэлъыхьыжыфрэ уасэ пуд фIэкIа зыщыгуфIыкI мы дунейм темытыжыр… Пэжу пIэрэ мы цIыхубз дыдэр и акъыл нэхум, псэ къабзэм, дахагъэм, Отеллэ Дездемонэ дилъэгъуа «гущIэгъур» си щIэныгъэ Iуэхухэм къызэрыхуиIэм щхьэкIэ зызмыщIэжу зэгуэр фIыуэ слъэгъуа а Варя бгы псыгъуэ цIыкIурауэ? Зэгуэр къуэ къысхуэзылъхуауэ щыта си щхьэгъусэ Варя мы цIыхубз дыдэ- ра?
Сэ быдэу соплъэ фызыжь мыкIуэмытэм и нэгум, си Варя сылъыхъуэу. Ауэ хэлъам щыщу абы къыхэнэжар си узыншагъэм зэрытегузэвыхьымрэ си улахуэм «ди улахуэкIэ», си пыIэми «ди пыIэкIэ» зэреджэ къудеймрэщ. Си гур мыузу сеплъыфыркъым абы. Аращи, тIэкIу теун папщIэ сытри жызогъэIэ. Уеблэмэ цIыхухэм яхуэмыфащэ щахужиIэми, сымаджэхэм сазэремыIэзэмрэ еджакIуэхэм папщIэ тхылъ къызэрыдэзмыгъэкIымрэ щхьэкIэ къыщызэхъурджауэкIи сыпэрыуэфыркъым.
Ди уэршэрыр сыт щыгъуи зэщхьу еух. Фызым зэуэ шей сызэремыфар къещIэжри къощтэ.
— Сыт Iей сыщIыщысыр? — жеIэ абы къэтэджурэ. — Самоварыр куэд щIауэ Iэнэм тетщ, сэ еуэкIэ сыкъовэ. Гу зи цIэ сиIэжкъым, Тхьэ!
Ар щIопхъуэри мыр жиIэну бжэм деж къыщоувыIэж:
— Егор мазитху лъандэрэ сом еттакъым. Пщыгъупщэжа? УнэIутым и улахуэр зытрегъэхьэн хуейкъым жысIэурэ дапщэрэ жысIа? Зы мазэм тумэн ептыну нэхъ тыншщ мазитхум тху ептын нэхърэ!
БжэщхьэIум йобакъуэ, итIанэ аргуэру къоувыIэжри жеIэ:
— Ди Лизэ тхьэмыщкIэм хуэдэу сфIэпсэкIуэд мы дунейм теткъым. Хъыджэбз цIыкIур консерваторэм щоджэ, цIыхум яхэт зэпытщ, ауэ зэрызихуапэр сытым ещхь. Абы и джэдыгужь цIыкIумкIэ уэрамым удыхьэну емыкIущ. НэгъуэщIым ипхъуу щытами иджыри зыгуэрт, ауэ псоми ящIэ и адэр зэрыпрофессор цIэрыIуэри зэрычэнджэщэгъу нэхъыщхьэри.
Апхуэдэу си цIэри си къулыкъури къызеудэкIри, ар зэ мыхъуми зэ щIокIыж. Аращ си махуэм зэрыщIидзэр. ЗэрекIуэкIри нэхъ щIагъуэкъым.
Шей сефэ пэтрэ джэдыгу цIыкIурэ пыIэ цIыкIурэ щыгъыу, нотэхэр IэщIэлъу, консерваторэм кIуэн хьэзыру си Лизэ къыщIохьэ. Ар илъэс 22-рэ мэхъу. НэхъыщIафэ тетщ, дахэ цIыкIущ, си фызыр щыщIалам тIэкIу ещхьщ. Абы гумащIэу си нэзэрыхъэмрэ си Iэгумрэ ба къыхуищIурэ:
— Дауэ ущыт, папочкэ? Уузыншэ? — жеIэ.
ЩыцIыкIум абы гъэдиигъэ1 фIэфI дыдэти, IэфIыкIэ щащэ тыкуэным щIэх-щIэхыурэ сшэн хуей хъурт. Гъэдиигъэр абы и дежкIэ дунейм фIыгъуэу тетым я пщалъэт. Къысщытхъуну хуеймэ: «Уэ, папэ, ушатащхьэщ», — жиIэрт. И зы Iэпэ цIыкIур «дэ цIыкIу зыхэкIутат», адрейр «шатащхьэт», ещанэр «мамкъутт», нэгъуэщIт, къинэмыщIт. Десауэ «уи пщэдджыжь фIыуэ» къызжиIэну къыщыщIыхьэкIэ, си куэщIым изгъэтIысхьэрти, и Iэпэ цIыкIухэм ба хуэсщIурэ:
— Мыр шатащхьэщ, мыбы дэ хэлъщ, мыбы — лимон… — жысIэрт.
Иджыри, къысхуинауэ, Лизэ и Iэпэхэр Iупэм хузохьри: «Мыбы дэ хэлъщ, мыбы — лимон, мыр шатащхьэщ…» жысIэурэ согурым, ауэ ещхь хъужыркъым. Си гур гъэдиигъэм хуэдэу щIыIэщи, си напэр мэс. Пхъур къыщIыхьэу си нэзэрыхъэм IупэкIэ къыщеIусэкIэ, бжьэ къызэуа нэхъей сыкъоскIэ, лIыгъэкIэ си дзэлыфэр зэтызошри, нэгъуэщIыпIэкIэ соплъэ. Жей сызэримыIэжрэ си щхьэкуцIым дыд къыхаIуам хуэдэу иугъуэну зы упщIэ итщ. Си пхъум елъагъу сэ лIыжьым, цIыху цIэрыIуэм, унэIутым и щIыхуэ зэрыстелъым сигъэукIытэу си псэм хьэзабу тригъэлъыр. Абы ещIэ лэжьыгъэр хыфIэздзэурэ сыхьэт бжыгъэкIэ сыкъикIукI-сыникIукIыу, щIыхуэ жьгъейхэм сегупсысу сызэрыбампIэр. АтIэ сыту зэ закъуэ нэхъ мыхъуми и анэм имыщIэу къакIуэрэ щэхуу: «Ди адэ, мис си сыхьэтыр, си Iэпщэхъухэр, тхьэгъухэр, бостейхэр. Мыбыхэм я уасэ къеIых, уэ ахъшэ ухуейщ», — къызжимыIэрэ? И анэмрэ сэрэ щхьэгъэпцIэж емыкIум зыдедгъэхьэхауэ ди тхьэмыщкIагъэр дгъэпщкIуну дызэрыхэтыр щилъагъукIэ, сыт апхуэдиз зи лъэпсеягъ макъамэм ухуеджэн насыпыр щIыIуимыгъэкIуэтыр. КъеIысхынутэкъым сыхьэти, Iэпщэхъуи, зыри пэзубыдынутэкъым, Тхьэм сыщихъумэ! Аракъым сэ сызыхуейр.
Ауэрэ Варшавэ къулыкъу щызыщIэ си къуэ офицерри сигу къокIыж. ЦIыху губзыгъэщ, цIыху пэжщ, зэпIэзэрытщ ар. Ауэ си дежкIэ ар мащIэщ. Сэ сызэрегупсысращ. ЖьыхуегъэзэкI хъуа адэ сиIэрэ и тхьэмыщкIагъэм щытеукIытыхьыж дакъикъэ абы къыхуихуэу сщIамэ, офицер IэнатIэр зыгуэрым естынти, сэ езыр лэжьапIэ сыувынт. Сабийхэм ятеухуа апхуэдэ гупсысэхэм зыри къысханэжыркъым. Сыт абыхэм я мыхьэнэр? ЦIыху къызэрыгуэкIым ар зэрымылIыхъужьым щхьэкIэ хуэбэмпIэфынур къэухьышхуэ зимыIэ цIыху ерущ. Хъунщ зэкIэ абы теухуауэ.
ПщIы хъуным дакъикъэ пщыкIутху иIэжу си щIалэ цIыкIухэм я деж сыкIуэн хуейщ, лекцэ сыкъеджэну. Зызохуапэри, илъэс щэщI хъуауэ сцIыху, езым и тхыдэ щхьэхуэ си дежкIэ зиIэж гъуэгумкIэ соунэтI. Мис аптекэ зыхэт унэ гъуабжэшхуэр. Мыбдеж зэгуэр унэ цIыкIу щытат, сырэ ефапIэ хэту. Абы сыщIэсу си диссертацэм сегупсысу щытащ. Варя япэ лъагъуныгъэ письмо щыхуэстхари арат. «История болезни» жиIэу зытедза тхылъымпIэ напэм къэрэндащкIэ истхат. Мис тыкуэн цIыкIури. Ар щIыхуэу тутын къызэзыту щыта журтыжь цIыкIу гуэрым зызэман и IэмыщIэ илъащ. ИтIанэ дэтхэнэ студентри «анэ зэриIэм щхьэкIэ» фIыуэ зылъагъуу щыта фыз гъумыщIэм. Иджы абы сондэджэр щхьэцыгъуэ гуэр щIэсщ, къыфIэIуэху щымыIэрэ гъуаплъэ шейнычкIэ шей ефэу. Мис куэд щIауэ Iэ зэмыIуса университет куэбжэ зэхэуфахэри. КIагуэ зыщыгъ пхъэнкIакIуэ зэшыр, жыхапхъэ, уэс зэхуэтхъуса… ЩIэныгъэм и сэрейр пэж дыдэу сэрейуэ къызыфIэщI, къуажэм къикIагъащIэ щIалэ цIынэ цIыкIур мы куэбжэхэм щIрамыгъэгъуэжынкIэ Iэмал иIэкъым. Хэбгъэзыхьмэ, университет унэ кхъахэхэри, пырхъуэ кIыфIхэри, кIэгъуасэ зыкIэрищIа блынхэри, нэху хуиту къызэрыщIимыдзэри, дэкIуеипIэхэм, щыгъын фIэдзапIэхэм, тетIысхьэпIэхэм я теплъэ гурымыхьри лъэпкъыр дахэмкIэ мыплъэжу езыгъэса Iуплъэгъуэхэм ящыщщ… Мис ди жыг хадэри. Сызэрыстудентрэ абы фIыкIи IейкIи зихъуэжауэ сщIэркъым. ФIыуэ слъагъуркъым ар. КуэдкIэ нэхъ губзыгъагъэт, бзииху ныкъуэлIэхэм, кIарц гъуэжьхэм, мэжджытжыг пыщыкIахэм я пIэкIэ абы уэздыгъей лъагэхэмрэ жыгеифIхэмрэ къыщыкIыу щытамэ. Къэзыухъуреихьым зи дуней еплъыкIэр елъыта еджакIуэм щеджэ щIыпIэм лъэбакъуэ къэс щилъагъупхъэщ лъагэ, лъэщ, щIэращIэ защIэ. Тхьэм щихъумэ ар жыг ныкъуэлIэхэмрэ щхьэгъубжэ къутахэмрэ, блын гъуабжэхэмрэ фэ чэтхъа зытебза бжэхэмрэ.
ЩIыхьэпIэм сыкъыщыблагъэкIэ, бжэр зэIуокIри, си лэжьэгъужь, си цIэджэгъу, бжэIут Николай къыспожьэ, дэ икIи дызэныбжьщ.
СыщIегъэхьэ, и макъым зрегъэтхъунщIри:
— Уаещ, зи щIыхьыр ин! — жеIэ.
Хьэмэрэ, си джэдыгур псыфмэ:
— Къошх, зи щIыхьыр ин!
ИтIанэ бжэуэ си гъуэгум тетыр Iуихыурэ сяпэ иту мажэ. Къысхуэсакъыурэ джэдыгур лэжьапIэ пэшым щысщех. АпщIондэху ар хунос университет хъыбар гуэр къызжиIэну. Университетым бжэIутрэ хъумакIуэу дэтыр фIыуэ зэрызэрыцIыхум и фIыгъэкIэ абы факультетиплIми, канцеляриеми, ректорым и пэшми, тхылъ хъумапIэхэми щекIуэкIыу хъуар ещIэ. Абы имыщIэр укIуэдыж! Псалъэм папщIэ, ректорыр е деканыр зэрытекIым фIэкIа Iуэху щыдимыIэжым, зэхызох трагъэувэнкIи хъунухэм я гугъу хъумакIуэ щIалэхэм зэрахуищIыр. Абдеж дыдэм мор министрым зэримыдэнур, мыдрейр езыр зэрыхуэмеинур къащыгуригъаIуэу. ИтIанэ къэхъункIэ Iэмал зимыIэ, пщIыхьэпIэм ухэту фIэкIа къыпхузыфIэмыгъэщIын хъыбар гуэрхэр ирешажьэ, канцелярием къаIэрыхьа тхылъымпIэ хьэлэмэтлажьэхэм, министрымрэ уэчылымрэ яIа псалъэмакъ щэхум, къинэмыщIхэм ятеухуауэ. А хъыбархэр хэбгъэкIмэ, нэхъыбэм ар захуэу къыщIокI. ЯгъэувынкIэ хъунухэр гъэщIэгъуэну къегъэлъагъуэ, ауэ абы щыгъуэми жиIэр пэжщ. Хэт дапщэщ диссертацэ пхигъэкIамэ, лэжьапIэ къэувамэ, IукIыжамэ е лIамэ фщIэну фыхуеймэ, мы сэлэтым и гурыхуагъ абрагъуэр къэвгъэсэбэпи, илъэсыр, мазэр, махуэр къывжиIэн дэнэ къэна, а Iуэхугъуэм епха нэгъуэщI гуэрхэри къыдыщIигъунущ. Апхуэдиз зигу къыпхуинэфынур фIыуэ укъэзылъагъу закъуэращ.
Абы университет хъыбарыжьхэр ехъумэ. Езым япэ ита хъумакIуэхэм университет гъащIэм теухуа таурыхъ куэд къыхуагъэнащ. А мылъкум езым и IыхьэфI, лэ- жьэху зэригъэпэщауэ, хилъхьэжащ икIи, ухуеймэ кIэщIу, ухуеймэ кIыхьу абы хъыбар Iэджэ къыбжиIэжыфынущ. ЗыхамыщIыкI мы дунейм темыт еджагъэшхуэхэми, тхьэмахуэ бжыгъэкIэ гъуэлъу мыжей лэжьакIуэ ехьэжьахэми, щIэныгъэм щхьэкIэ куэд зышэчахэмрэ зи псэр зытыпахэмрэ я гугъу къыпхуищIыфынущ. ФIыр абы сыт щыгъуи Iейм трегъакIуэ, къарууншэр — лъэщым, Iущыр — делэм, Iэдэбыр — пагэм, щIалэр — жьым… Iэмал имыIэу щыткъым а шыпсэ къомыр уи фIэщ мыхъункIэ. Ауэ ахэр щIэгъэпщи, шыбзэм узыхуейр къинэнущ: ди хабзэфIхэмрэ псоми яцIыху лIыхъужь дыдэхэмрэ. Ди цIыхубэм щIэныгъэлI гъащIэм теухуауэ ящIэр профессорыжьхэр егъэлеяуэ зэрыщыгъупщэхымрэ зэм Грубер, зэм — сэ, зэм Бабухиным патхэ псалъэ шэрыуитI-щымрэ деж щеух. ЩIэныгъэ зыбгъэдэлъ лъэпкъым дежкIэ ар мащIэIуэщ. ЩIэныгъэр, щIэныгъэлIхэр, студентхэр цIыхубэми Николай хуэдэу фIыуэ ялъагъуу щытамэ, куэд щIат абыхэм къабгъэдэкI литературэм тхыгъэ куу, тхыдэ лъагэ, хъыбар щIэщыгъуэ зэрыхэтрэ. Иджыпсту, ди жагъуэ зэрыхъунщи, хэмытхэр.
ХъыбарыщIэ къызжиIа нэужь, Николай и нэгур зэ- хеуфэжри, Iуэхум тепсэлъыхьын щIыдодзэ. А дакъикъэм хамэ гуэр къэдаIуэрэ Николай терминхэр къызэрыжьэдэлъэлъыр зэхихамэ, тобэ ирехъу, ар унэIуту хуэпа еджагъэшхуэу къыщымыхъутэмэ. Пэжыр жыпIэмэ, университет хъумакIуэхэм щIэныгъэшхуэ ябгъэдэлъщ жыхуаIэр фIыуэ егъэлеящ. Дауи, Николай фIэщыгъэхэу щэм щIигъу латиныбзэкIэ ещIэ. Хьэдэ къупщхьэр зэпкърелъхьэф. Зэзэмызэ препаратыр егъэхьэзырыф. ЗыщIыпIэ къриха псалъэуха кIыхькIэ студентхэр егъэдыхьэшхыф. Ауэ, псалъэм папщIэ, лъыр зэрызекIуэ хабзэ къызэрыгуэкIыр абы и дежкIэ илъэс тIощI ипэкIэ зэрыщыта дыдэм хуэдэу гурыIуэгъуейщ.
Кабинетым щIэт стIолым лъахъшэу и щхьэр егъэзыхауэ тхылъым е препаратым си прозектор Пётр Игнатьевич щхьэщысщ. ЩIэныгъэм зи насып хэмылъ лэжьакIуэжь нэмысыфIэ. Илъэс 35-рэ хъуми аращ, ауэ ныбэфщ, и щхьэцри икIащ. Ар пщэдджыжьым щыщIэдзауэ жэщ хъуху мэлажьэ. Узижагъуэну куэд йоджэ, зэджа псори фIы дыдэу ещIэж, икIи абы и лъэныкъуэмкIэ ар цIыхукъым — дыщэщ. Ауэ адрей псомкIи ар шы хьэлъэзешэщ е, зэрыжаIэщи, еджагъэшхуэ щхьэдыкъщ. Шы хьэлъэзешэр хэлъэт зиIэм къызэрыхэпцIыхукIыну хьэлхэр мыращ: абы и къэухь цIыкIур и IэщIагъэм и гъунапкъэм деж зэуэ щыпеч. IэщIагъэм щымыщ Iуэхум и деж ар сабийм хуэдэу щыкъаплъэнэфщ. Зэгуэр, сощIэж, пщэдджыжьым сыкъыщIэхьэри:
— Ярэби, сыту гуауэшхуэ! Скобелев лIауэ жаIэ, — жысIащ.
Николай Iэпэ жор ищIащ. Пётр Игнатьевич зыкъригъэзэкIри:
— Хэт Скобелевыр? — жиIэри щIэупщIащ.
Иджыри зэ — ар тIэкIу нэхъ пасэу — профессор Перов зэрылIар щыжысIэм, Пётр Игнатьевичу тIасэ цIыкIур къызэупщIыгъащ:
— Сытыт абы зэрыригъаджэр?
Си фIэщ хъуркъым и тхьэкIумэм деж Патти уэрэд къыщыхидзами, Урысейм китаидзэр къытеуами, щIыр хъеями, абы и Iэпкълъэпкъыр зы мэскъалкIэ хъеину, нэ щIиукъуэнцIамкIэ и микроскопым иплъэу щысын фIэкIа. Сытми, Гекубэ и Iуэху лъэпкъ абы зэрихуэркъым. СымыщIэн щыIэтэкъым, а пхъэдакъэжьыр и фызым и гупэм зэрыхэлъым сеплъын папщIэ. Иджыри зы хьэл: щIэныгъэм жиIэм итхьэкъуащ, псом хуэмыдэу, нэмыцэхэм ятхым. Абы игурэ и щхьэрэ зэтелъщ. И препаратхэм шэч къытрихьэркъым. ЩIэпсэур ещIэ. Iэзагъ зыбгъэдэлъ цIыхухэм я щхьэцхэр зыгъэтхъу шэч, щIегъуэж жыхуаIэхэр абы ищIэххэркъым. Зи цIэ Iуам къыжьэдэкIар къепхъуатэри, езыр гупсысэн Iуэху зэрихуэххэркъым. Ар зэ жиIам хущIебгъэгъуэжыну гугъущ. УедэуэнкIэ Iэмал зимыIэщ. Едауи еплъ, Тхьэм щхьэкIэ, щIэныгъэ нэхъыфI дыдэр медицинэрауэ, нэхъ цIыхуфIу дунейм тетхэр дохутырхэрауэ, нэхъ хабзэфI дыдэу щыIэр дохутыр хабзэхэрауэ къэзылъытэ цIыхум. Дохутыр IэщIагъэм и дыгъуасэрей махуаем къелауэ щыIэжыр нобэ дохутырхэм ядэлъ галстук хужьырщ. ИтIани щIэныгъэлIми ауэ цIыху еджами къилъытэн хуейр университет псом щызекIуэ хабзэхэращ, ахэр дохутырхэм, юристхэм, нэгъуэщI-къинэмыщIхэм ейкIэ зэхэмыдзауэ. АрщхьэкIэ Пётр Игнатьевич ар зэридэн дунейм теткъым икIи Къемэт махуэр къэсыху абы щхьэкIэ къодэуэфынущ.
Ар зыхуэщIар сэ IупщIу солъагъу. И гъащIэ псом къриубыдэу дунейр я къабзагъыу препарат щэ бжыгъэ игъэхьэзырынщ, екIуу реферат зэшыгъуэ зыкъом итхынщ, тхыгъэ зыбгъупщI псэемыблэжу зэридзэкIынщ, ауэ щIэ гуэр къыхуэгупсысынукъым. ЩIэм щхьэкIэ хэлъэт, гукъэкI, къащIэ гуэр уиIэн хуейщ. Апхуэдэ зыри Пётр Игнатьевич бгъэдэлъкъым. КIэщIу жыпIэмэ, ар щIэныгъэм щыбысымкъым — щыIэпыдзлъэпыдзщ.
Сэ, Пётр Игнатьевич, Николай ди макъым зедмыгъэIэту допсалъэ. Дэ тIэкIу дыIэнкунщ. Тенджыз къэукъубеям ещхьу, студент къомыр бжэ щIыбагъым щыщызэщIэвууэкIэ, нэхъ лейуэ зыгуэр уи гум зыхещIэ. Илъэс щэщI хъуауэ сесэркъым а гурыщIэм, пщэдджыжь къэси зыхызощIэ. Сэ сыкъэгумэхауэ, къэпталыр сопхэ, Николай зыри къызэрымыкI упщIэхэр изот, сыкъогубжь… Сышынэ хуэдэу щытщ, ауэ къэрабгъагъэкъым ар, нэгъуэщI зыгуэрщ, фIэсщынури зэзгъэщхьынури къысхуэмыщIэу. ЗыкIи сыхуэмейуэ сыхьэтым соплъри:
— ИIэ-тIэ! ЩIыхьэн хуейщ, — жызоIэ.
Мыпхуэдэ щIыкIэу дожьэ: япэ иту Николай макIуэ, препаратхэр е атласхэр иIыгъыу. Абы иужьым — сэ. Си ужьым Iэдэбу и щхьэр иригухауэ шы хьэлъэзешэр нолъэбакъуэ. Е, дыхуей хъумэ, япэу хьэдэр щIахьэ, абы и ужь Николай щIохьэ… Сэ сыкъызэралъагъуу еджакIуэхэр къотэдж, итIанэ мэтIысыж. Тенджыз Iэуэлъауэр зэуэ мэудэIу. Жьыугъуэджэм щIедзэ.
Сэ сызытепсэлъыхьынур сощIэ, ауэ сыт хуэдэ щIыкIэу езгъэкIуэкIынуми, сыткIэ къыщIэздзэнуми, дауэ сухынуми сщIэркъым. Зы псалъэуха хьэзыр щхьэм илъкъым. АрщхьэкIэ аудиториер зэ къэсплъыхьрэ — ар езыр хъурейуэ амфитеатр хуэдэу къокIуэкI — жаIэ хабзэ «лекцэ кIуам дэ дыкъыщыувыIар» къызэрызжьэдэкIыу, псалъэухахэр зым и ужьым зыр иту си гущIэм къилъэтурэ — макIуэ-мэлъей! Сэ увыIэгъуэ симыIэу псынщIэу, сыщIихьауэ сопсалъэ, икIи си псалъэр зэпызыудыфын къару щыIэу си гущхьэ къэкIыркъым. Дэгъуэу, — абы къикIыр мызэшыгъуэу, — къедаIуэхэми сэбэп гуэр хахыу лекцэ укъеджэн папщIэ, Iэзагъым нэмыщI хуэIэкIуэлъакIуэу, бгъэунэхуауэ ущытын хуейщ уи къарур здынэсри, укъызыхуеджэхэри, зи гугъу пщIы Iуэхугъуэхэри Iэмал зэриIэкIэ нэхъ IупщIу уи нэгу къыщIэбгъэхьэфу. КъинэмыщIауэ, бзаджагъэ тIэкIуи пхэлъын хуейщ, набдзэгубдзаплъэу уакIэлъыплъу, зы тэлайкIи нэм къиубыдым утемыплъэкъукIыу. ДирижёрыфIым композиторым и мурадыр къыщиIуатэкIэ зэуэ Iуэху тIощI зэфIегъэкI: партитурэм йоджэ, баш цIыкIур щIеупскIэ, уэрэджыIакIуэм кIэлъоплъ, зэм бэрэбаным, зэм валторнэм, къинэмыщIхэмкIэ зеший… Сэри аращ сщIэр лекцэ сыкъыщеджэкIэ. Си пащхьэм зыр адрейм емыщхьу нэкIуищэрэ щэ ныкъуэрэ исщ. ЗанщIабзэу си нэкIум къытеубыдауэ нэ щищ къызоплъ. Си плъапIэр — апхуэдизыщхьэ зыфIэт благъуэм сытекIуэнырщ. Абы и гулъытэм и инагъымрэ и зэхэщIыкIым и къарумрэ сыщыпсалъэ дакъикъэ къэс къысхузыфIэгъэщIмэ, ар си IэмыщIэм илъщ. Адрей си бийр сэ езым сщыщыжщ. Ар — гъуни нэзи зимыIэ теплъэхэмрэ, къэхъукъащIэхэмрэ, Iэмалхэмрэ, сысеи сысымеи зэхэту, абыхэм къагъэхъужа гупсысэ къомымрэщ. Дакъикъэ къэс сэ IэкIуэлъакIуагъ схурикъун хуейщ а къызыхэхыпхъэ къомым нэхъ мыхьэнэ зиIэ, нэхъ зыхуейр сызэрыпсалъэм хуэдэ дыдэу псынщIэу къыхэспхъуэтурэ благъуэм нэхъ къызэрыгурыIуэн, и гулъытэр нэхъ къэзыхьэхун жыпхъэм изгъэувэну. ИтIанэ теплъэкъукI щымыIэу елIэлIэн хуейщ гупсысэхэр къызэрыкIуэ щIыкIэм темыту, зэрызэкIэлъыкIуапхъэм, сэ я нэгу къыщIэзгъэувэну сызыхуей сурэтыр IупщIу я нэгу къыщIыхьэн хуэдэу, яIэрыгъэхьэным. АдэкIэ сэ сыхэтщ си псэлъэкIэр тхыбзэм тету, дэтхэнэри кIэщIрэ шэрыуэу, псалъэухар гурыIуэгъуафIэрэ удихьэхыу сухуэну. Дакъикъэ къэс сэ зыкъэзубыдыжурэ сыхьэтрэ дакъикъэ плIыщIрэ фIэкIа сызэримыIэр къэсщIэжын хуейщ. Сытми, пщIэн мащIэкъым. Зэуэ щIэныгъэлIуи, ущиякIуэуи, жьакIуэуи зыкъэзгъэлъэгъуэн хуей мэхъу, икIи Iуэхур зэIыхьащ, жьакIуэр ущиякIуэмрэ щIэныгъэлIымрэ, е ахэр мыдрейм къатекIуэу щытмэ.
Дакъикъэ пщыкIутхукIэ, сыхьэт ныкъуэкIэ укъоджэри, гу лъыботэ еджакIуэхэр унащхьэмкIэ, Пётр Игнатьевич дежкIэ, плъэн зэрыщIадзэм. Зыр бэлътоку кърихыну мэIэбэ, адрейр нэхъ тыншу мэтIыс, ещанэр и гупсысэхэм щIогуфIыкIыж… Абы къикIыр я гулъытэр езэшауэ аращ. Зыгуэр щIэн хуейщ. Япэу къызэрысхуихуэу гушыIэ гуэр жызоIэ. НэкIуищэрэ щэ ныкъуэм я Iупэхэр зэтож, тенджызым и Iэуэлъауэр тIэкIурэ зэхыбох… Сэри содыхьэшх. Гулъытэр къэщIэрэщIэжащи, пысщэми хъунущ.
ИгъащIэм спортми, нэгу зегъэужьыкIэ е джэгукIэ гуэрми сигу хигъэхъуакъым, лекцэ къеджэным хуэдэу. Лекцэм и закъуэщ сэ зызмыщIэжу сызытхьэкъуар, псэр хьэхун жыхуаIэр усакIуэхэм къамыгупсысауэ пэж дыдэу зэрыщыIэр къызгурыIуэу. Си фIэщ хъуркъым Геркулес и лIыхъужьыгъэ нэхъ курых дыдэхэм яужькIи сэ лекцэ нэужь къэс IэфIу сызэрезэшу щытам хуэдэу ешауэ.
Ар япэм щыгъуэщ. Иджы лекцэхэм хьэзаб фIэкIа зыри щызыхэсщIэжыркъым. Сыхьэт ныкъуи дэмыкIыу, си лъакъуэхэмрэ си плIэмрэ схуэмышэчыжу къыхоузыкI. Шэнтжьейм сотIысхьэ, ауэ сэ сыщысу сыкъеджэу сесакъым. Дакъикъэ докIри сыкъотэджыж, сыщыту пызощэ, итIанэ аргуэру сотIысыж. Си Iур йогъущыкI, макъыр къикIыжыркъым, щхьэр мэуназэ… КъызэдаIуэхэм къысщыщIар къезмыгъэщIэн щхьэкIэ, еуэ-еуэу псы софэ, сопсчэ, щIэх-щIэхыурэ си пэр яхузогъаджэ, пыхусыхур зэран къысхуэхъу хуэдэ, гушыIэхэр къемызэгъыу къыхызодзэ, икIэм-икIэжым зыгъэпсэхугъуэ пIалъэр къэмыс щIыкIэ соутIыпщ. Ауэ, нэхъыщхьэращи, соукIытэ.
Си напэмрэ си акъылымрэ къызжаIэ сэ иджыпсту нэхъыфI дыдэу схуэщIэнур щIалэ цIыкIухэм иужьрей лекцэ сакъыхуеджэу, сэлам есхыжу, сехъуэхъуу, си IэнатIэр сэ нэхърэ нэхъ щIалэм, нэхъ къарууфIэм естын зэрыхуейр. Ауэ, Тхьэм унафэ къысхурырещI, напэм къекIур сщIэну сэ лIыгъэ схурикъуркъым.
ЗэзыдзэкIар ЧЭРИМ Марянэщ.
(КъыкIэлъыкIуэнущ).
Сурэтыр СэвкIуий Хьэмид ищIащ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31271.txt"
} |
Сэкрэк Владимир ягъэлъапIэ
Сэкрэк Владимир республикэм щыцIэрыIуэ бизнесменщ, хьэрычэт Iуэхум и лъабжьэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щызыгъэтIылъахэм ящыщщ. Ар КъБР-м законхэр зыубзыху и орган нэхъыщхьэм и депутату щытащ.
Владимир сыт щыгъуи гулъытэ хэха хуещI спортым, щэнхабзэм я лэжьакIуэхэм, ветеранхэм, хуэныкъуэ цIыхухэм ядэIэпыкъуным. Абы и нэIэ зэпымыууэ тригъэтщ езыр щалъхуа къуажэм щыIэ школ-интернатым. Абы куэдкIэ и фIыщIэщ Нартан дэт интернатыр иджыпсту республикэм щынэхъыфI дыдэхэм зэращыщыр, сабийхэри зыхуей зэрыщыхуэзэр. Апхуэдэу Сэкрэк Владимир къаруушхуэ ирехьэлIэ республикэм шы спортым зыщегъэужьыным.
Дыгъуасэ Сэкрэк Владимир къыхуагъэфэщащ КъБР-м и Правительствэм и ЩIыхь тхылъыр.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31276.txt"
} |
КъБР-м и Къэралыгъуэм и махуэр ягъэлъапIэ
Къанокъуэ Арсен: ФIыгъуэм я нэхъыщхьэр ди цIыхухэрщ
ГуфIэгъуитI — КъБР-м и Къэралыгъуэмрэ республикэм и къалащхьэм и махуэмрэ — фокIадэм и 1-м республикэм исхэм ягъэлъэпIащ.
Махуэшхуэм ехьэлIауэ ирагъэкIуэкIыну дауэдапщэхэм «ЩIыхьым и мафIэ мыужьых» фэеплъым деж щыщIидзащ. Ди хуитыныгъэм зи псэр щIэзытахэм я фэеплъыр ягъэлъэпIэну, мемориалым удз гъэгъахэр тралъхьэну къэкIуат КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен, КъБР-м и Парламентымрэ Правительствэмрэ я УнафэщIхэу Чеченов Ануаррэ Хьэсанэ Русланрэ, ветеранхэр, школакIуэ цIыкIухэр, нэгъуэщIхэри.
Налшык и ветеранхэм я Советым и унафэщI Абдуллаев Мустэфа къызэхуэсахэм захуигъазэу жиIащ ди республикэм и къэралыгъуэр зыухуахэм пщIэ яхуэтщIыныр ди къалэну зэрыщытыр. Псом хуэмыдэу щIэблэм ищIапхъэщ текIуэныгъэм уасэшхуэ зэрыщIатар, абы къыхэкIыуи мамырыгъэм хущIэкъуу псэун хуейщ.
Дунейм ехыжахэм зы дакъикъэкIэ щыму яхуэщыгъуа иужь, удз гъэгъахэр фэеплъ сыным тралъхьэри, «ИгъащIэкIэ Урысейм дыщIыгъущ» утым ит фэеплъымкIэ яунэтIащ.
— Си гум къыбгъэдэкIыу дэтхэнэ зыми сынывохъуэхъу махуэшхуэхэмкIэ. узыншагъэ, гурыфIыгъуэ, ехъулIэныгъэ фиIэу фыпсэуну си гуапэщ, — захуигъэзащ КъБР-м и Iэтащхьэм утым къащыпэплъэхэм. — Лъэпощхьэпо гуэрхэр щыIэми, дэ зэман дахэм, дуней зызыужьам дыщопсэу. Ди республикэм и фIыгъуэ нэхъыщхьэр ди цIыхухэрщ. Дзыхь къытхуащIу унафэщIу дыхэзыха жылагъуэр дымыгъэщIэхъун папщIэ, ди къару илъ къэдгъэнэнукъым, я псэукIэр нэхъыфI зэрытщIыным, лъэныкъуэ куэдкIэ ди республикэм зэрызедгъэужьыным дыхущIэкъунущ. ДыщIэращIэу, дефIакIуэу, ехъулIэныгъэр ди бэу илъэс куэдкIэ дыпсэуну сохъуахъуэ.
Тхыдэм пщIэшхуэ зэрыхуащIым и щыхьэту, КъБР-м и Iэтащхьэм, Парламентым, Правительствэм хэтхэм, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэм Урысеймрэ Къэбэрдеймрэ зэзыпха Темрыкъуэ Идар ипхъу Гуащэнэ и фэеплъым удз гъэгъахэр тралъхьащ.
Щомахуэ Залинэ.
Бахъсэн къалэр илъэсипщI ирокъу
Республикэм и Iэтащхьэр Бахъсэн къалэм щыIащ КъБР-м и Къэралыгъуэм и махуэмрэ Бахъсэн къалэр илъэсипщI зэрырикъумрэ щагъэлъапIэм ирихьэлIэу.
ЗыгъэпсэхупIэ гуэлым и Iуфэм къекIуэкIыу лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм я уней лъапсэхэр къыщрагъэувэкIат. Абы хэтт Бахъсэн къалэмрэ Дыгулыбгъуей къуажэмрэ щыщ лъэпкъ 30-м нэблагъэм я лIыкIуэхэр. Дэтхэнэ лъапсэми хьэщIэхэр гуапэу щрагъэблагъэрти, гуфIэгъуэ Iэнэ къыхуащтэрт, нэхъыжьхэм лъэпкъхэм я къекIуэкIыкIар къаIуэтэ- жырт.
Къанокъуэ Арсен яхыхьащ Хэжьхэ, Къардэнхэ, Хьэщпакъхэ, Къуэдзокъуэхэ, Ташухэ, Хьэжырокъуэхэ. Ар ирихьэлIащ лъапсэхэм ящыщ зым щрагъэкIуэкI унэишэми икIи унэгъащIэхэм ехъуэхъуащ гуфIэгъуэрэ насыпрэ щымыщIэну. Дэтхэнэ лъапсэми хьэщIэ лъапIэм лъэпкъхэм я нэхъыжьхэр къыщыIущIащ махъсымэ фалъэхэр яIыгъыу. Махуэшхуэ Iэнэхэм пэрысахэр хъуэхъуащ къыщалъхуа республикэмрэ абы и цIыхухэмрэ зэпымыууэ ефIэкIуэну. Къанокъуэ Арсен хэхауэ жиIащ щIэблэр гъэсэнымкIэ унагъуэм мыхьэнэшхуэ зэриIэр. «Унагъуэр быдэмэ, лъэпкъри быдэщ, апхуэдэу щыщыткIэ, республикэри ефIэкIуэнущ. Псоми сынывохъуэхъу мамырыгъэрэ ефIэкIуэныгъэрэ фиIэну», — жиIащ республикэм и Iэтащхьэм.
АЛОКЪУЭ Аринэ.
КъБР-м и Iэтащхьэм спорт IуэхущIапIэщIэхэр къызэIуех
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Къэралыгъуэм и махуэр гъэлъэпIэным хиубыдэу Дзэлыкъуэ районым щыIащ республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен. Ар хэтащ Сэрмакъ къуажэм дащIыхьа, узыншагъэр щрагъэфIакIуэ физкультурэ комплексымрэ Зольскэ, Псынэдахэ къуажэхэм я зэхуакум щащIа футбол джэгупIэмрэ къызэIухыным.
ЕкIуу гъэщIэрэщIа физкультурэ комплексым деж республикэм и унафэщIым къыщыIущIащ сэрмакъдэсхэр, абы къедза къуажэхэм къикIа гупхэр. Къанокъуэ Арсен абыхэм псалъэ гуапэхэмкIэ захуигъэзащ икIи Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэралыгъуэм и махуэмкIэ, республикэм и къалащхьэ Налшык и махуэмкIэ, ЩIэныгъэхэм я махуэмкIэ ехъуэхъуащ. ИужькIэ хьэщIэм спорт комплексыщIэр къызэхикIухьащ. Мы ухуэныгъэр 2012 гъэм ирагъэжьауэ щытащ, республикэм и инвестицэ программэ пыухыкIам хиубыдэу. Абы трагъэкIуэда ахъшэр федеральнэ бюджетым къиутIыпщащ, 2011 гъэм КъБР-м и спортсменхэр «Кавказ джэгухэр» фестивалым зэрыщытекIуам папщIэ хухаха грантым щыщу. Псори зэхэту мы лэжьыгъэм трагъэкIуэда сом мелуан 13-м КъБР-м и республикэ бюджетми сом мелуани 5-м щIигъу хилъхьащ.
Дзэлыкъуэ районым и щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ Шэт МэчрэIил Къанокъуэ Арсен фIыщIэ къыхуищIащ мы щIыналъэм и нэIэ зэрытригъэтым папщIэ. КъБР-м и Iэтащхьэми абы и жэуапу къыхигъэщхьэхукIащ «ди республикэм и мызакъуэу, къэрал псом зи цIэр щызыгъэIуфыну щIа- лэ лъэрызехьэхэр мы IуэхущIапIэм щагъэсэн зэрыхуейр».
АдэкIэ я зэфIэкIыр хьэщIэхэм ирагъэлъэгъуащ къуажэм и бэнакIуэ, гимнаст ныбжьыщIэхэу зэхьэзэхуэ зыбжанэм къыщыхэжаныкIахэм.
ХьэщIэхэм темыпыIэжу къащыпэплъэрт Псынэдахэ къуажэми. Абы футбол джэгупIэр къыщызэIуихри, Къанокъуэ Арсен зэхуэсахэм захуигъэзащ: «Дэтхэнэ зы махуэшхуэми дэ дыхуегъаплъэ ди гъащIэм зэхъуэкIыныгъэфIхэр къыщыхъуным, зыгуэр къытхэхъуэным. Мы стадионыр цIыхухэр псом нэхърэ нэхъ зыщIэхъуэпсахэм ящымыщынкIэ хъунщ. Ауэ республикэм и дэтхэнэ зы жылагъуэми спортым зыхуэгъэсэнымкIэ Iэмалхэр щыIэмэ, щэнхабзэм и IуэхущIапIэхэр щылажьэмэ, ари Iейкъым. ИкIи апхуэдэхэм къахэхъуэн папщIэ дэ тхузэфIэкI къэдгъэнэнукъым».
КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
Махуэшхуэ репортаж
Нарт щIыналъэу Къэбэрдей-Балъкъэр!
Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралыгъуэ зэригъуэтрэ илъэс 92-рэ зэрырикъур Iэтауэ щагъэлъэпIащ республикэм. ФокIадэм и 1-р уэлбанэу щытами, къалащхьэм и уэрамхэр цIыхуншэ хъуакъым, пшыхьхэм, гъэлъэгъуэныгъэхэм, зэхыхьэ хьэлэмэтхэм жыджэру ахэр хэтащ.
ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэми а махуэм нэхъ щIэщыгъуэу уIуплъэрт. Бжьыхьэ щIыIэтыIэр дунейми щIыуэпсми тегуплIэну хэтми, щхъуантIагъэхэр абы ерыщу зэрыпэщIэтым гу лъыботэ. УэтIпсытIми, къуалэбзухэм я уэрэдыр къраш, удз гъэгъахэми иджыри я дахэгъуэщ. Сыхэтщ сэри а дахагъэ псом. ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм и лъагъуэ нэхъыщхьэм срокIуэ, «Чайный домик» шхапIэм и гупэм щекIуэкIыну зэхыхьэм сеплъыну. Сыздынэсам, сабийхэр ягъэгушхуэ, ягъэджэгу псысэ гуащэм, хьэндырабгъуэм, нэгъуэщI таурыхъ лIыхъужьхэм. Нэжэгужэщ езы цIыкIухэри — къофэ, уэрэд жаIэ. КIэщIу жыпIэмэ, цIыкIуми инми я IутIыжщ.
Лъагъуэм и лъэныкъуитIымкIи щагъэуващ чэтэн пщыIэ зэщхьхэр. Зы лъэныкъуэмкIэ нэм илъагъур удз гъэгъахэрщ. Еплъ, зыгуэр уигу ирихьамэ — къэщэху. «Горзеленхоз»-м утыку кърихьащ псей, уэздыгъей жыгыщIэ лIэужьыгъуэхэри пэш къэкIыгъэ дахэхэри — бальзамин, аравие кофе, седум, аукуба фIэщыгъэ гъэщIэгъуэнхэр зиIэхэр, нэгъуэщIхэри. «Джулия» тыкуэным игъэлъагъуэхэр жьыми щIэми сыт щыгъуи тфIэфI розэ удз гъэгъахэрщ. Къыхэзгъэщынщи, «Джулия»-р зыгъэлажьэхэм ящыщ Подгурская Кристинэ махуэшхуэмкIэ сохъуэхъу, абы теухуауэ зыгуэр къыджиIэну солъэIу. «Ди гурыфIыгъуэр дыкъэзыухъуреихь щхъуантIагъэрщ, хьэуа къабзэкIэ дызэрыбауэрщ. Дропагэ ди лъахэм. Украинэм щыщ ди Iыхьлыхэр къыщытхуеблагъэкIэ: «Фи хьэуам урибауэ тщIэркъыми, уефэ хъунущ», — жаIэ абыхэм тIэкIуи гушыIэу… Сэ Германием сыщыIащ, хуэдэ щымыIэу жыхуаIэ я жыг хадэри зэзгъэлъэгъуащ. Ауэ си лъахэм, абы и щхъуантIагъэм, ди жыг хадэм ар сэ пэсщIынукъым. ФIыуэ солъагъу си щIыналъэр, Налшык сыбгынэу нэгъуэщI щIыпIэ сыщыпсэуфынукъым. Ди цIыхухэм сохъуэхъу республикэм и Къэралыгъуэм и махуэмкIэ, я узыншагъэр мыкIуэщIыну си гуапэщ, адрей дахагъэ псори диIэщ».
НэгъуэщI лъэныкъуэмкIэ къыщыт чэтэн пщыIэхэм щагъэлъагъуэ гъуазджэм и IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм я лэжьакIуэхэм, сабий IэпщIэлъапщIэхэм я IэрыкIхэр.
Лъэпкъ шхыныгъуэхэр зыпщэфI шхапIэхэм я фестиваль-зэхьэзэхуэри мыбдежрат здэщыIэр. «Сэлам», «Къуанч», «СулътIан» шхапIэхэм, «Кунаки» шхапIэ-музейм ерыскъы берычэт къаIэтащ, уеблэмэ абдеж дыдэ былымылыр щагъэват, хъыршынхэр щащIат, нэгъуэщI лъэпкъ шхыныгъуэ куэди щапщэфIат. «Мы щIыналъэ дахэми абы щыпсэу цIыху гуапэхэми гурэ псэкIэ пэгъунэгъу сахуэхъуащ, — жеIэ «Кунаки» шхапIэ-музейр къызэзыгъэпэща шэшэн щIалэ Успанов Юни. — Налшык и телъыджагъым зыщызгъэнщIыркъым. Ди шхапIэр къэралым и щIыпIэ зыбжанэм щолажьэ, иджы Налшыки къыщызэIудох. ШхапIэм Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм я ерыскъыгъуэхэр щапщэфI. Ди хьэщIэхэм Iэмал яIэщ Кавказ лъэпкъхэм я тхыдэм, щэнхабзэм зыщагъэгъуэзэну. Сыхуейщ лъэпкъхэр дызэкъуэту, нобэ дгъэлъапIэ махуэхэм хуэдэхэм дызэригъэубыду мамыру дызэдэпсэуну. Ди адэжьхэм «Кунаки» жаIэу, лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэр къызэрагъэлъэгъуа псалъэм и мыхьэнэр ди нобэм щытепщэ хъужыну игъуэщ. Псоми сохъуэхъу Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэралыгъуэм и махуэмкIэ».
Налшык щекIуэкI гуфIэгъуэхэм щыпащащ Абхъазым и утым. Республикэм и районхэмрэ къалэхэмрэ, лъэпкъ щэнхабзэ центрхэм я лIыкIуэхэр къызрихьэлIа IуэрыIуатэ-этнографие зэхыхьэшхуэр щIэщыгъуэ дыдэ хъуат. Утыкум къихьа щIалэгъуалэм я уэрэдхэр хуагъэпсат пшыналъэр зи бэ, фIыуэ ялъагъу я щIыналъэм.
ПщыхьэщхьэхуэкIуэу ЗэгурыIуэныгъэм и утым къыщызэIуахащ эстрадэм и артист цIэрыIуэхэр зыхэта «Си республикэ, си Урысей» концертыр. Сыхьэтихым щIэзыдзэн хуея пшыхьыр и зэманым къызэIуамыхами, уэшхыр къежэхми, налшыкдэсхэр концертым и кIэм нэс едэIуащ. «Кабардинка», «Балкария», «Тэрч къэзакъхэр», «Каллистэ» къэфакIуэ гупхэм, уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэхэм утыкур ягъэбжьыфIащ. Псоми яфIэщIэщыгъуащ Москва къикIа «Премьер-министр» уэрэджыIакIуэ гупыр. Дакъикъэ 30-м щIигъукIэ утыкум ита артистхэр цIыхухэм ягу ирихьащ. Махуэшхуэр хьэрэкIытIэ зэщIэлыдэхэмкIэ зэхуащIыжащ.
БАГЪЭТЫР Луизэ.
Мывэхэмрэ псыхэмрэ, къуршхэмрэ бзухэмрэ
Махуэ къэс дызэплъ — ауэ дымылъагъу, щIэх-щIэхыурэ дызыблэкI — арщхьэкIэ гу зылъыдмытэ куэдым иужькIэ тфIэщIэщыгъуэу дыщоплъыж сурэтыщIхэм я IэрыкIхэм, сурэттеххэм я IэдакъэщIэкIхэм. Апхуэдэ лэжьыгъэхэм я гъэлъэгъуэныгъэ шыщхьэуIум и 31-м КъБР-м и Лъэпкъ музеймрэ СурэтыщI гъуазджэмкIэ музеймрэ къыщызэIуахащ, республикэм и Къэралыгъуэм и махуэр гъэлъэпIэным ирихьэлIэу.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и художникхэм «Бжьыхьэ-2013» зыфIаща сурэтгъэлъагъуэм щыболъагъу УФ-м щIыхь зиIэ и сурэтыщI, КъБР-м гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ТхьэкIумашэ Михаил и IэдакъэщIэкIхэр — Кулиев Къайсын, Нэгумэ Шорэ, Щауэжь Владимир сымэ я фэеплъхэм я эскизхэр. Гъэлъэгъуэныгъэр адрейхэм къазэрыщхьэщыкIыу гу зылъыптэр сурэтыщIхэм нэхъапэIуэхэм ятха я IэдакъэщIэкIхэри мыгъэрей я лэжьыгъэхэри утыку къызэрырахьарщ. Абы гъуазджэм дихьэххэм Iэмал ярет ди художникхэр илъэси 5 — 10 хуэдэ и пэкIэ зэлэжьахэмрэ нобэ нэхъ зытрагъащIэмрэ кIэлъыплъыну, я зэфIэкIыр зэрагъэпщэну.
ГъащIэм и Iыхьэ зыбжанэ къызэщIиубыдэу, сурэт хьэлэмэт 1995 гъэм ищIауэ щытащ Марченкэ Владимир. ЩIалэгъуэри балигъыпIэри щызэхэухуэна, цIыху гурыщIи щызыхэпщIэ сурэтыр нобэм пэгъунэгъу дыдэщ. Алэрыбгъу зыщI, зи ныбжь хэкIуэта цIыхубзитIым я сурэтым (Теппеев Хъызыр 2001 гъэм ищIа и лэжьыгъэщ) къыщыгъэсэбэпар хуэфIыцIафэми, хуабагъ хэлъщ. Ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэм шыр зэригъэлъапIэр, абы IэкIуэлъакIуэу тесыным щIалэ цIыкIур жьыуэ хуагъасэу нэхъапэIуэхэм зэрыщытар къыхощ УФ-м и цIыхубэ сурэтыщI Пащты Герман и лэжьыгъэхэм.
ГъащIэм зэреплъыр я IэдакъэщIэкIхэм къыщагъэлъэгъуащ Аккизовэ Имарэ («Домино-1», «Домино-2»), Абей Iэсият («Весна», «Птица мира»), Ахматов Лиуан («Полет») сымэ. ПщыхьэщIэ Хьэсэн мы гъэм ищIащ дызэрыгушхуэ ди нэхъыжьыфI Ефэнды Джылахъстэн и сурэтыр.
КIыщ Мухьэдин, КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI, УФ-м щIыхь зиIэ и художник: — Уригушхуэ хъунущ зэчий зыбгъэдэлъ сурэтыщI нэхъыжьыфIхэри щIалэгъуали дызэриIэм. Художникым и лэжьыгъэр къехъулIэныр, нэхъыбэжым тегушхуэныр куэдкIэ елъытащ и IэдакъэщIэкIыр цIыхухэм къазэрыщыхъум. СызэригугъэмкIэ, ди республикэр къулейщ гъуазджэм дихьэххэмкIи. Ари мыхьэнэшхуэ зиIэщ.
Пащты Герман, УФ-м и цIыхубэ сурэтыщI: — Къэбэрдей-Балъкъэрым и сурэтыщIхэр я зэфIэкIкIэ псоми сыт щыгъуи къахощ. Республикэм гъуазджэм зэрызыщиужьа щIыкIэр художникхэм я лэжьыгъэм къызэригъэлъагъуэм тепщIыхьмэ, абыхэм жэуаплыныгъэшхуэ я пщэ къыдохуэ. А лэжьыгъэ мытыншыр къазэрехъулIэр щынаIуэу къысщохъу мы гъэлъэгъуэныгъэм.
Къэбэрдей-Балъкъэрым ибгхэр, къуршхэр, псыхэр, къэкIыгъэхэр — ахэрщ СурэтыщI гъуазджэмкIэ музейм (Налшык) «Свой стиль» клубым хэт сурэттеххэм щагъэлъагъуэр. Дэтхэнэми и лэжьыгъэм укъытеувыIэу зэманкIэ уоплъыф, телъыджэ куэд я сурэтхэмкIэ къаубыдыфащи. Уэгум ит бзу цIыкIур, зи къудамэр мазэм хуэзышия жыгыр, удз гъэгъа щхъуэкIэплъыкIэхэр, шы табынхэр, мэз Iувыр, дыгъэ къухьэгъуэр — дуней дахащэ къытхузэIуахащ ди сурэттеххэм.
КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Фырэ Русланрэ КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм и унафэщI Темыркъан Геннадийрэ я псалъэм къыхагъэщащ дунейм и теплъэгъуэ дахэ дыдэхэр сурэттеххэм къаубыдын зэрахузэфIэкIыр, сурэт къэс гупсысэ куу зэрыхалъэгъуар.
Зи гугъу тщIахэм еплъыну хуейхэр музейхэм ирагъэблагъэ.
КЪАНШОКЪУЭ Мэлычыпхъу.
ГуфIэгъуэр зэдаIэт
ФокIадэм и 1-м ди щIыналъэм щагъэлъапIэ махуэшхуэхэм хуэгъэпса гуфIэгъуэ концерт къыщызэрагъэпэщат Сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ творчествэмкIэ я республикэ унэм. Псоми зэдаIэт гуфIэгъуэхэм мыбдеж щыщIагъуат Налшык къалэ къызэрыунэхурэ илъэс 290-м зэрыхыхьар.
Уардэунэм и бжэIупэм и утыр екIуу гъэщIэрэщIат, Къэралыгъуэм и ныпхэр, къалащхьэм и нэщэнэхэр, удз гъэгъахэмрэ шар гъэпщахэмрэ нэри псэри яхьэхурт. Махуэр уэлбанэу нэху къызэрекIам къыхэкIыу, концертыр унэм и актовэ пэшышхуэм щекIуэкIащ. Абы щхьэкIэ къэмынэу, абы кърихьэлIащ налшыкдэсхэм, къалащхьэм и хьэщIэхэм ящыщ куэд. ЩIыхьэпIэм къыщызэрагъэпэща гъэлъэгъуэныгъэ хьэлэмэтым еплъа нэужь, ахэр ирагъэблэгъащ концертым.
ГуфIэгъуэ зэхыхьэр Iэтауэ, нэгузыужьу екIуэкIащ. Утыкур ягъэбжьыфIащ IуэхущIапIэм и гъэсэнхэм. Псоми ягу ирихьащ зи творчествэмкIэ къэралым цIэрыIуэ щыхъуа ныбжьыщIэ къэфакIуэ, уэрэджыIакIуэ гупхэу «Кавказ пшэплъхэр», «Асса», «Мелодия», «Глорие» жыхуиIэхэм я зыкъэгъэлъэгъуэныгъэр. Апхуэдэу концертым еплъахэм Iэгуауэшхуэ хуаIэтащ уэрэджыIакIуэ ныбжьыщIэхэу Ефэнды Миланэрэ Рассказовэ Светланэрэ. Абыхэм я макъ жьгъырум, утыкум зэрызыщаIыгъым удамыхьэхынкIэ Iэмал иIэтэкъым.
Махуэшхуэ концертыр къызыхуэтыншэу къызэгъэпэщыным, тэмэму екIуэкIыным я нэIэ трагъэтащ уардэунэм и унафэщIым щэнхабзэ IуэхухэмкIэ и къуэдзэ ПщыукI Анютэ, IуэхущIапIэм и нэгъуэщI лэжьакIуэхэм.
ЖЫЛАСЭ Маритэ
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31281.txt"
} |
Нобэ
1793 гъэм ухуэн яухащ Москва къэрал университетым и унэр (архитекторыр Казаков Матвейщ).
1612 гъэм Пожарский Дмитрийрэ Черкасский Къанщауэрэ польшэдзэм текIуащ.
КъБР-м и къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ, КъБАССР-м и Министрхэм я Советым и УнафэщIу 1983 — 1988 гъэхэм лэжьа Дохъущокъуэ Мусэ и ныбжьыр илъэс 81-рэ ирокъу.
УФ-ми КъБР-ми щIыхь зиIэ я егъэджакIуэ Гугъуэт Лол къызэралъхурэ илъэс 79-рэ ирокъу.
КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI БжэIумых Хьид и ныбжьыр илъэс илъэс 77-рэ ирокъу.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 19 — 21-рэ, жэщым градус 14 — 16 щыхъунущ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31307.txt"
} |
Урысейм и щIыпIэ куэдым къокI
И Къэралыгъуэр илъэс 92-рэ зэрырикъур игъэлъэпIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым. КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен и цIэкIэ хъуэхъу телеграммэ куэд къагъэхьащ а махуэшхуэм и щIыхькIэ.
Республикэм и Iэтащхьэм япэу къехъуэхъуахэм ящыщщ Урысей Федерацэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ — Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэ Хлопонин Александр. «Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу лъэпкъхэм я дежкIэ ар Урысейм зэрыхыхьар мыхьэнэшхуэ зиIэ унафэу, езыхэм я гъащIэм и мызакъуэу, Кавказ щIыналъэ псом и зыужьыныгъэр зэлъытауэ, уващ. Кавказ Ищхъэрэм урысей къэралыгъуэ къыщызэгъэпэщыным лъабжьэ зэрыхуэхъуам къыдэкIуэу, республикэм хузэфIэкIащ езым и лъэпкъ-щэнхабзэ щхьэхуэныгъэхэр имыгъэкIуэдын, абы щыпсэу лъэпкъхэм яхъумэфащ я хабзэхэмрэ лIэщIыгъуэкIэрэ къадекIуэкI зэхэтыкIэ екIумрэ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм нобэ псынщIэу зеужь, цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным, IэнатIэхэм мылъку къахузэщIэгъэуIуэным, проектышхуэхэр гъэзэщIэным пыщIа Iуэхухэм унафэ ятрищIыхьу. Лъэпкъхэм яку дэлъ зэгурыIуэныгъэр гъэбыдэным, дин зэхуэмыдэхэм итхэм зызэхащIыкIыным хуэунэтIауи куэд зэфIагъэкI. Шэч хэлъкъым — республикэмрэ абы щыпсэухэмрэ къапэплъэр фIыщ. Си гум къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу, ныбжьэгъухэ, фызыхуей вгъуэту, фефIакIуэу, сыт хуэдэ лъэпощхьэпоми фызэрыпэлъэщынур фи фIэщ хъужу, фи мурадыфIхэр къывэхъулIэу фыпсэуну си гуапэщ!» — итщ телеграммэм.
Тэтэрстаным и цIыхубэм къабгъэдэкIыу республикэм и Iэтащхьэм къехъуэхъуащ абы и Президент Минниханов Рустам. «Республикэм щыпсэухэр иригушхуэ хъунущ блэкIа илъэсипщIхэм къэрал ухуэныгъэм щызэфIагъэкIахэм, экономикэмрэ жылагъуэ гъащIэмрэ щызыIэрагъэхьа ехъулIэныгъэхэм, — къыщыхегъэщ абы и телеграммэм. — ЦIыхубэр зэгурыIуэу зэрызэдэпсэур, я щIыналъэр егъэфIэкIуэным, республикэм щыпсэухэм я зэхуэдэ фIыгъуэхэр зрагъэхъулIэным зэдэууэ зэрыхуэлажьэр дяпэкIи зэрызаужьынум и лъабжьэу зэрыщытыр ди фIэщ мэхъу. Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэми Уэри, Башир и къуэ Арсен, сынывохъуэхъу дяпэкIи фызэкъуэту, фейдэшхуэ къыпэкIуэу фызэдэлэжьэну, фи гуащIэм хэмыщIу, мурадыфIхэр фи плъапIэрэ сыт хуэдэ Iуэху къевмыхьэжьэми къывдэхъуу фыпсэуну си гуапэщ».
«Тхыдэ къулей дыдэ зиIэ, цIыху цIэрыIуэ куэдым я адэжь лъахэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ къэралым и тхыдэми и щэнхабзэми. Си фIэщ мэхъу, республикэм щыпсэухэм, ижь-ижьыж лъандэрэ къадекIуэкI хабзэхэр яхъумэурэ, я щIыналъэм дяпэкIи зиужьыным, ар нэхъри ефIэкIуэным я зэфIэкI псори зэрырахьэлIэнур», — щыжеIэ УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Васильев Юрий и хъуэхъу тхыгъэм.
Хъуэхъу телеграммэхэр къагъэхьащ гъунэгъу республикэхэми — Осетие Ищхъэрэ-Аланиемрэ Адыгеймрэ. Абыхэм я унафэщIхэри Республикэм и махуэм и щIыхькIэ гуапэу къехъуэхъуащ КъБР-м и Iэтащхьэми абы щыпсэухэми. РСО — Аланием и Iэтащхьэ Мамсуров Таймураз, псалъэм папщIэ, къыхигъэщащ Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэр я тхыдэкIи, экономикэкIи, ныбжьэгъугъэкIи илъэс куэд хъуауэ зэрызэпыщIар. «Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу псоми дащIыгъуу дэ яужь дитщ къэралым мамыру зызыужь и щIыналъэу дызэрыщытыр нэрылъагъу тщIыну. Шэч къытесхьэркъым дунейм щынэхъыфI дыдэ къэралым — Урысейм — и тхыдэм Уи унафэм щIэту Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм напэкIуэцI дахэ куэд иджыри зэрыритхэнум», — итщ а телеграммэм.
КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ
я пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31309.txt"
} |
Хеймащэ хъупIэм
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31314.txt"
} |
Дыщэ, дыжьын, жэз
Къалмыкъ Республикэм и Лагань къалэм щэбэт кIуам щекIуэкIащ бгырыпх бэнэкIэмкIэ еплIанэ урысейпсо зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ Башкирием, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Тэтэрстаным, Астрахъэн, Волгоград областхэм, Къалмыкъым и куейхэм я бэнакIуи 100-м щIигъу. Ди лIыкIуэхэм абы дыщэ медали 3, дыжьыну 2, жэзуи апхуэдиз, псори зэхэту медали 7 къыщахьащ.
ПщIэ зиIэ зэхьэзэхуэм КъБР-м и командэ къыхэхам хэту зэфIэкI щагъэлъэгъуащ Шэрэдж куейм и спортсменхэм: Къэщкъэтау щыщхэу Мокаевхэ Мусса, Щамил зэкъуэшхэм, Гажонов Елдар, Мокаев Расул, зэрэгъыждэс Мысост Заурбэч, Жэмтхьэлэ щыщхэу Дохъушыкъуэ Хьэчимрэ ГъуаплъащIэ Аслъэнрэ.
Килограмм 68-рэ зи хьэлъагъхэм Мокаев Расул къыпэхъун къахэкIакъым.
зи хьэлъагъыр килограмм 75-м нэсхэм я зэпеуэм япэ увыпIитIыр щызэдагуэшащ Мокаев зэкъуэшхэм: Мусса — дыщэ, Щамил — дыжьын медалхэр къахьащ. Ещанэ увыпIэри дыдейхэм къалъысыным куэд иIэжакъым. Ауэ къалмыкъым щыщ Гаряев Очир ди бэнакIуэ Аппаев Саид зэпеуэ гуащIэм къыщыхигъэщIащ.
Псоми гунэс ящыхъуащ килограмми 100-м щIигъухэм я зэхьэзэхуэм хэта дунейпсо чемпион Мысост Мырзэбэч. КIэух зэIущIэм абы хьэрхуэрэгъу къыщыхуэхъуат къалмыкъ бэнакIуэ Муджиков Бориси, дакъикъэрэ ныкъуэм хигъащIэри, текIуащ. Къыхэгъэщыпхъэщ, Урысеймрэ Къалмыкъымрэ я ныпхэр Iэтыныр дунейпсо чемпионхэу Байрамуков Артур, ди лъахэгъу Мысост Мырзэбэч, Сафоновэ Серафимэ сымэ дзыхь къызэрыхуащIар.
Килограмми 100-м нэс хьэлъагъ зиIэ бэнакIуэхэм я деж дыжьын медалыр щызыIэригъэхьащ Дохъушыкъуэ Хьэчим; Гажонов Эльясрэ (кг 90) ГъуаплъащIэ Аслъэнрэ (кг 62-рэ) дыжьын медалхэр къалъысащ.
— Лагань къалэм щекIуэкIа зэпеуэр лъэщу къызэрагъэпэщауэ щытащ, абы кърикIуахэмкIи сыарэзыщ. Ди бэнакIуэхэм ящыщ гуэрхэмкIэ а зэхьэзэхуэр гъэунэхуныгъэу щытащ, иджы абыхэм къапэщытщ КъШР-м и Iэтащхьэм и саугъэтым щыщIэбэныну зэпеуэм, Урысей чемпионатым, адэкIэ Душанбе щекIуэкIыну дунейпсо чемпионатым я зэфIэкI щагъэлъэгъуэну, — жиIащ спортсменхэм ящIыгъуа, Шэрэдж куейм и сабий-ныбжьыщIэ спорт школым и унафэщI, дунейпсо категорие зиIэ судья Гажонов Юрий.
Гажоновым езыми спортсменхэми къабгъэдэкIыу фIыщIэ яхуещI зэхьэзэхуэхэм зэрыхэтын мылъкукIэ закъыщIэзыгъэкъуа «Трейд-Мастер» ООО-м и унафэщI Муртазэ Ахъмэт.
Кужоновэ Эльмирэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31317.txt"
} |
ГъэщIэгъуэн куэд къащыпоплъэ
Къэралым и дэнэ щIыпIи хуэдэу, ди республикэм и сабийхэри екIуэлIэжащ еджапIэхэм, гъэсапIэхэм. ГуфIэгъуэ зэхуэсхэмкIэ, махуэшхуэ хъуэхъухэмкIэ яублэжа гъэ еджэгъуэщIэм и япэ дерсхэр иджы щокIуэкI курыт школхэм, сабий садхэм.
Шэджэм куейм хыхьэ жылэхэм дэт курыт школ 19-м я гъэсэнхэм къахуеуащ япэ уэзджынэр. ЩIыпIэ пресс-IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ КIарэ Элинэ хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, а уэзджынэ макъым щIэту япэ дыдэу япэ классым мы гъэм кIуащ сабий 600-м нэс. ГуфIэгъуэ махуэшхуэмкIэ ныбжьыщIэ цIыкIухэм ехъуэхъуащ КъБР-м цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин.
— Фэ, цIыкIухэ, нобэ фытехьащ фи гъа-щIэм мыхьэнэшхуэ щызиIэну лъагъуэм. Абы фэ къыщывожьэ хьэлэмэт куэд: Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэнхэр, ныбжьэгъу пэжхэр, щIэныгъэ куухэр, — захуигъэзащ Къумахуэм школакIуэхэм. — Балигъ фыхъуным фыхуэмыпIащIэ — школ лъэхъэнэр икъукIэ гукъинэщ, дахэщ. Фи адэ-анэхэр, фи егъэджакIуэхэр фIыуэ флъагъу, пщIэ яхуэфщI.
Школ лэжьакIуэхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ гуапэу ехъуэхъуащ Шэджэм куейм и администрацэм и Iэтащхьэ Бакъ Руслан. Абы и псалъэм къыхигъэщащ куейм и унафэщIхэм егъэджэныгъэ IэнатIэм дяпэкIи гулъытэ хэха зэрыхуащIынур, щIыпIэм хыхьэ школхэм, сабий садхэм я мылъку-техникэ лъабжьэр гъэбыдэнымкIэ ялъэкI къызэрамыгъэнэнур. Бакъым зэрыжиIамкIэ, мы илъэсым гулъытэ нэхъыбэ хуащIынущ гъэсапIэхэм. Зи сад кIуэгъуэ сабий 500-м папщIэ апхуэдэ Iэмал къызэрагъэпэщыну я мурадщ 2013 гъэм и кIэ пщIондэ.
ГуфIэгъуэ зэIущIэр йокIуэкI.
«Егъэджэныгъэм теухуауэ» федеральнэ хабзэм ипкъ иткIэ, куейм и еджакIуэхэм ящыгъынущ школ фащэ хэха. Апхуэдэу пэщIэдзэ классхэм щеджэ цIыкIухэмрэ бынунагъуэшхуэхэм къахэкIа сабийхэмрэ зэреджэн тхылъхэр пщIэншэу иратынущ.
ТАМБИЙ Линэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31322.txt"
} |
СурэтыщI Гъыдэ Валерэ
Дэтхэнэ сурэтыщIми къелъытэ и лэжьыгъэ нэхъ ин дыдэр дяпэкIэ ищIынурауэ… КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, художник Iэзэ Гъыдэ Валерэ апхуэдэ и гупсысэм арэзы утехъуэну тIэкIу гугъу мэхъу, и IэдакъэщIэкIхэм ущеплъкIэ. «Мыбыхэм нэхърэ нэхъыфIыж щыIэ?» — упщIэр ухуей-ухуэмейми щхьэм къозэрыхь. Псалъэ къудей мыхъуу, зы щапхъэ къэсхьынщ: иджыблагъэ дыщыIат ТхыдэмкIэ унэ-музей Гъыдэр щылажьэм (Тэрч къалэ). Абы сызэрыщIыхьэу гу зылъыстар урыс художник Перов Василий и «Охотники на привале» сурэтым Валерэ къытрищIыкIауэ утыку итырщ. «Мыр сыту дахэ, сытуи ещхь дыдэ», — щыжысIэм, «Абы иджыри тхьэмахуитIкIэ селэжьын хуейщ», — жиIащ Гъыдэм. Пэжым фыхуеймэ, сэ ар нэтхысауэ къысщыхъуат… «Урыс художникым и сурэтыр щхьэ нэхъ къыхиха?» — согупсыс. Сызэхиха хуэдэ, Валерэ жеIэ а сурэтыр куэд щIауэ итхыну зэрыщIэхъуэпсыр — лэжьыгъэри, щIыуэпсри, цIыхури къызэщIэзыубыдэ сурэтыр игу зэрырихьыр.
«Охотники на привале» сурэтырщ художникыр зэлэжьыр. Курп Ищхъэрэ (Къаншыуей) къуажэм 1945 гъэм къыщалъхуащ Гъыдэ БатIэ и къуэ Валерэ. Школым щыщIэса зэманым къыщожьэ абы игъуэта IэщIагъэр. Валерэ щыцIыкIуми яхуэнабдзэгубдзаплъэт тхылъхэм ит сурэтхэм, уеблэмэ зэман-зэманкIэри абыхэм зыгуэрхэр къатрищIыкIырт. «Сурэт сщIарэт жысIэу а Iуэхум сыхуэнэхъуеиншэу щытащ си сабиигъуэми. Школым дыщыщеджами, сурэт щIынымкIэ щIэныгъэ зиIэ егъэджакIуэ диIакъым, итIани дызыгъасэхэм дытрагъэгушхуэрт, чэнджэщхэр къыдатырт», — жеIэ Валерэ.
Гъыдэм игу къегъэкIыж къэралым и сурэтыщI нэхъ цIэрыIуэхэм я репродукцэ зырыз зэман-зэманкIэрэ школхэм ирату зэрыщытар. «Абыхэм ящыщу хэт сымэ я IэдакъэщIэкI плъэгъуат? Сыт хуэдэ сурэт щапхъэ пхуэхъуат?» — соупщI си псэлъэгъум. Репин Илья, Васнецов Виктор, Серов Валентин, Левитан Исаак, Айвазовский Иван сымэщ абы зи цIэ къриIуэр, апхуэдэуи дыщIегъуж художникхэм я сурэтхэм занщIэу дихьэхами, сурэтыщI хъун мурадыр абдеж зэрыщимыщIар, ар мащIэ-мащIэурэ къехъулIа Iуэхуу зэрыщытыр.
И зэфIэкIым япэу щеплъыж зэманхэм Валерэ куэду ищIырт шы сурэтхэр. «Псэущхьэ дахэщ ар икIи губзыгъэщ», — къыхегъэщ Валерэ. Адэм шы иIэу, зэрихуэу зэрыщытар абы хэлъхьэжи, дауи, щIалэр гурэ псэкIэ пэгъунэгъунтэкъэ шым?!
НэхъапэIуэхэм къуажэ клубхэм пщыхьэщхьэхэм кино щагъэлъагъуэу, пшыхь гъэщIэгъуэнхэр къыщызэрагъэпэщу щытащ, цIыхухэм я гурыфIыгъуэр апхуэдэ зэхыхьэхэрт. Курыт школыр къиуха нэужь, Валерэ къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм художник-оформителу лэжьэн щыщIидзащ. Тхьэмахуэм щыIэну пшыхьым е кином теухуауэ плакат ищIырт, ахэр зэбгригъэхырт. Апхуэдэ лэжьыгъэхэм гупсысэ куу хилъхьэрт сурэтыщI ныбжьыщIэм: кино щыIэнумэ — абы щыщ зы кадр гуэр а плакатым трищIыхьырт, цIыхухэр нэхъ къыдихьэхын папщIэ, концертхэри зэрыхьэлэмэтынур тхылъымпIэм къыщигъэлъагъуэрт. Валерэ сурэт щIыным Пионерхэм я унэм (иджы Сабий творчествэмкIэ унэрщ) зыщыхуигъэсащ. А еджапIэм абы щыгъуэм щыIащ художник гъуэзэджэ Ткаченкэ Андрей. СурэтыщI гъуазджэмкIэ студие абы игъэлажьэрти, Валерэ екIуэлIащ, щеджащ, нэхъыжьым и IэпщIэлъапщIагъэм кIэлъыплъащ. «Хуэфащэ дыдэу а цIыху гуащIафIэм и цIэр фIащыжащ СурэтыщI гъуазджэмкIэ музей Налшык къалэм дэтым. Къапщтэмэ, сэ сурэт щIынымкIэ лъабжьэ быдэ сэзы-гъэгъэтIылъар а художникырщ. Сызэрыригъэджар зэман мащIэми, къысхилъхьар сэркIэ лъапIэ дыдэщ», — жеIэ Гъыдэм.
1964 гъэм и бжьыхьэм Валерэ дзэм дашащ. Германием илъэсищкIэ къулыкъу щищIащ. А зэманхэми и IэщIагъэм зэрыхигъэхъуэным пылъащ. Сэлэтхэм я «Красный уголок»-р, стендхэр Валерэ игъэщIэращIэу илъэситIым и кIуэцIкIэ щытащ, Офицерхэм я унэм сурэт, плакат щищIу ещанэ илъэсыр ирихьэкIащ.
И лъахэм къигъэзэжри, илъэс ныкъуэкIэ Гъыдэр Налшык дэт Автотранспорт комбинатым сурэтыщIу щылэжьауэ, и щIэныгъэм хигъэхъуэну мурад ещI. Ар щIотIысхьэ Кавказым щынэхъыфI дыдэхэм ящыщ Дагъыстэн художественнэ училищэм. ЩIэтIысхьэ къудей мыхъуу, абы и лэжьыгъэхэм егъэджакIуэхэр хэплъа нэужь, занщIэу 2-нэ курсым къащтэ. Илъэсищым и кIуэцIкIэ еджапIэр щытхъу иIэу къеух. Абы зэрыщеджа илъэсхэм къриубыдэу Валерэ и лэжьыгъэхэр мызэ-мытIэу зэпеуэхэм хэтащ, Санкт-Петербург щекIуэкIа зы выставкэми и сурэтхэр щагъэлъэгъуащ.
Налшык щылэжьэну и гугъами, Гъыдэм Тэрч къалэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм лъэщапIэ хэтыр кърат икIи зыхуей хуэзэу, псори зэфIыхьауэ и къалэнхэр зэригъэзэщIэным иужь йохьэ. Абы и лэжьыгъэр нэхъыбэу зытриухуэр цIыхухэм я сурэт щIынымрэ унэ, музей хуэдэхэр гъэщIэрэщIэнымрэщ. Апхуэдэуи ар дехьэх щIыуэпсым и теплъэр и сурэтхэм къыщигъэлъэгъуэным.
Джылахъстэнейр зэрыгушхуэ хъуну сурэтыщI Iэзэщ Валерэ. Уасэ яIэкъым абы Дей къуажэм и курыт школым хэту къызэрагъэпэща музейр, Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэр, зэригъэщIэрэщIами, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, Лениным и цIэкIэ щыIэ колхозым и тхьэмадэу щыта Пэнагуэ Азэмэтджэрий и цIэр зыфIаща музейр (Инарыкъуей къуажэ) зэрызэригъэпэщами.
— НэхъапэIуэхэм сурэтыщIхэр жыджэру елэжьу щытащ къыхуеджэныгъэ плакатхэр тхыным, — къыхегъэщ художникым. — ЗэрыфщIэщи, дэтхэнэми Iэмал иIэкъым къалэм е къуажэм дэт музейхэм щIэх-щIэхыурэ кIуэну, дахагъэм, зи гугъу сщIыр гъуазджэрщ, лъэIэсыну. Утхэм, уэрамхэм, IуэхущIапIэхэм къыщыфIадзэу щытащ лэжьыгъэм, мамырыгъэм, къабзагъэм укъыхуезыджэ плакатхэр. Нобэ дахуэныкъуэщ абыхэм. Пэжщ, къалэ нэхъ инхэм иджыри уащыхуозэ жыхуэсIэ лэжьыгъэхэм, ауэ ахэр сатум, хьэрычэт Iуэхухэм хэтхэм я IэнатIэхэр зэрагъэлъагъуэ защIэщ, сэ сызыгъэгузавэр цIыхур нэмысым, къабзагъэм къыхуезыджэу, и псэр зыузэщIу сурэтыщI гъуазджэм иIэ унэтIыныгъэхэм щыщыр зэрыкIуэдыжырщ. Зэгуэр абыи къигъэзэжыну дыщыгугъынщ.
ТхыдэмкIэ унэ-музей Тэрч къалэ дэтри Гъыдэм и IэдакъэщIэкIхэмкIэщ зэрыгъэдэхар, мы зэманым художникыр щылажьэри аращ. Зэман къыщыхудэхуэм езым и псэм пэгъунэгъу, фIэдахэ сурэтхэр ещI. Музейм щыплъагъунущ «Нартхэр къызэрыунэхуар» сурэт хьэлэмэтыр. Ар Валерэ, Хьэцым Мурадин, Хъуэст Анатолэ сымэ зэдатха лэжьыгъэщ, Нарт эпосыр илъэс мини 3 щрикъум СурэтыщI гъуазджэмкIэ музейм (Налшык къалэ) щагъэлъэгъуауэ щытащ.
СурэтыщIым дэIэпыкъуэгъушхуэ къыхуэхъуу жеIэ Тэрч районым и Iэтащхьэ Пэнагуэ Максим. — «Щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ гулъытэфI хуещI Максим. Музейр къызэгъэпэщынри зигу къэкIауэ щытар аращ. Район администрацэм и утым и ижьырабгъукIэ къытет мы унэр и ухуэныгъэкIи хьэлэмэту ящIауэ щытащ. Ар музейуэ гъэпсыныр ди Iэтащхьэм къыщыхилъхьам дыщыгуфIыкIащ. Псори щызэрапхъуэж зэманым куэдым я нэ къыхуикIа къыщIэкIынт абы тыкуэн е шхапIэ къыщызэIуахыну, арщхьэкIэ Пэнагуэм ди гъуазджэм зэрызиужьын хуейм тригъэщIащ», — жеIэ Гъыдэм.
ИлъэсипщI и пэкIэ къызэIуаха музейм нобэ теплъэ дахи иIэщ, и блынхэри Валерэ и сурэтхэм яуфэбгъуащ, пасэрей хьэпшыпхэри щыгъунэжщ. Апхуэдэ IуэхуфI къызэхъулIэр зи гуащIэ емыблэж цIыхурщ. АбыкIэ щапхъэщ Гъыдэр.
Тэрч къалэр къызэрыунэхурэ илъэси 120-рэ щрикъум Валерэ къалэм щIыхь зиIэ и цIыху хъуащ, 2003 гъэм абы къыхуагъэфэщащ «КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэр.
ЦIыхур сыт щыгъуи пэгъунэгъущ къызыхэкIамрэ абы и къуэпсыр къыщежьэмрэ. Ди сурэтыщIри зыщIэхъуэпсыр къыщалъхуа и щIыналъэм зы сурэт, адрейхэм емыщхьу, хуищIынырщ. Абы зэуIуу къыщигъэлъэгъуэну хуейщ губгъуэ лэжьыгъэр, шыхэр, цIыхухэр, нэгъуэщIу жыпIэмэ — гъащIэр. Шэч къытесхьэркъым: фIы зигу илъым ар къехъулIэнущ.
Тхыгъэри сурэтри
БАГЪЭТЫР Луизэ ейщ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31325.txt"
} |
Хъыбар зэшыгъуэ
(КIэлъыкIуэр. ПэщIэдзэр №170-м итщ).
Си насыпыншагъэкIэ сэ сыфилософкъым икIи сыдухьэшыкъым. Сэ фIы дыдэу сощIэ сыпсэуну илъэс ныкъуэ нэхъыбэ къызэрысхуэмынэжар. Уегупсысмэ, иджы нэхъ къысфIэIуэхун хуейр ахърэт кIыфIыгъэмрэ хьэдрыхэ бэным си нэгу щыщIэкIыну пщIыхьхэмрэт. А Iуэхухэм мыхьэнэшхуэ зэраIэр акъылкIэ къызгурыIуэми, итIани си псэм ахэр къыщIыфIэмыIуэхур сщIэркъым. Илъэс тIощI-щэщI и пэкIэ зэрыщытам хуэдэ дыдэу, иджыпстуи, сылIэн и пэкIэ, сэ къысфIэIуэхур щIэныгъэм и закъуэщ. Си псэр щыхэкIкIи сэ быдэу си фIэщ хъунущ щIэныгъэм нэхърэ мыхьэнэ нэхъ зиIи, абы хуэдэу дахащи, цIыхур нэхъ зыхуэныкъуи зэрыщымыIэр. Аращ сыт хуэдэ зэмани лъагъуныгъэм и пшыналъэу щытари щытри. ЩIэныгъэм и закъуэщ цIыхум дунеймрэ езым и псэмрэ зэрезэгъыжын Iэмал къезытыр. А си фIэщ щIыкIэр жыжьэ нэсуи захуагъэм тетуи къыщIэкIынкъым, и къежьапIэм къыщыщIэдзауэ. Ауэ сэ сыкъуаншэкъым си фIэщ хъур зэрыарамкIэ, а диныр схъуэжыни схузэфIэкIынукъым.
ИтIани аракъым Iуэхур зыIутыр. Сэ сылъаIуэ мыгъуэу аращ, зэрысхузэфIэмыкIым гущIэгъу къыхуащIу къагурыIуэну: дунейр къыщIэунэхуам нэхърэ щхьэ куцIым теухуа къэпщытэныгъэхэр нэхъ къызыфIэIуэхур кафедрэмрэ и еджакIуэхэмрэ къакIэрыпчынри, ар езыр лIэным уемыжьэу къапщтэу бэным дэбгъэзэгъэнри тIури зыщ.
Жей зэрызимыIэжымрэ зызмыгъэпсэхуу къарууншагъым сызэреныкъуэкъумрэ къахэкIыу, егъэлея гуэр къысщощI. Лекцэм и курыкупсэм си тэмакъыщIэм зэуэ нэпсхэр къыщIоувэ, нэхэм шхэн щIадзэри, си Iэхэр ипэкIэ сшийуэ, зызмыубыдыжу макъышхуэкIэ сытхьэусыхэну къысхохъыжьэ. СыкIийурэ жысIарэт жызоIэ сэ, цIыху цIэрыIуэм, ухыгъэм укIкIэ тезыр къызэрыстрилъхьар. Илъэс ныкъуэ хуэдиз дэкIмэ, мы еджакIуэ пэшыр нэгъуэщI зыгуэрым зэрыIэрыхьэнур. Сэ щхъуэ къызэрызахьэлIар яжесIэну сыхуейщ: иджыри къэс сымыцIыхуа гупсысэщIэхэм си иужьрей илъэсхэм гъудэм ещхьу я шэрэзыр къыхаукIэри, си гъащIэм и IэфIыр щIафыкIащ. Апхуэдэ дакъикъэхэм си Iуэхур апхуэдизкIэ хьэдэгъуэдахэу къысщохъужри, къызэдаIуэ псори гужьеяуэ къыщылъэту, я псэр IукIауэ, зэщIэкъугъэу щIэкIыпIэмкIэ зэрыхьарэт жызоIэ.
Тыншкъым апхуэдэ дакъикъэхэр пшэчыну.
Лекцэ нэужьым солажьэри унэм сыщIэсщ. Журналхэм, диссертацэхэм соджэ е къыкIэлъыкIуэ дерсым зыхузогъэхьэзыр, зэзэмызэ зыгуэр сотх. КъакIуэхэр къезгъэблэгъэн хуей мэхъури, зэпызгъэуурэ солажьэ.
Уэзджынэр къоуэ. Ар си ныбжьэгъур зы Iуэху гуэрым тепсэлъыхьыну къэкIуауэ аращ. Абы пыIэрэ щIакъуэ башрэ иIыгъыу къыщIохьэри, тIури къысхуишийурэ жеIэ:
— Сэ зы дакъикъэкIэ, зы дакъикъэкIэ! Щыс, Тхьэм щхьэкIэ! ПсалъитI къудей!
ТIуми хабзэшхуэ зэрытхэлъымрэ дызэрылъагъуну икъукIэ дызэригуапэмрэ зым адрейм едгъэлъагъуну дыхуожьэ. Сэ ар шэнтиуэм изогъэтIысхьэ, езым сэ сегъэтIыс. Абдежым дызэхуэсакъыурэ зым адрейм и бгым ди Iэр ирыдогъажэ, щIыIухэм доIусэ, ар зэщхьри дыкъисынкIэ дышынэу зыгуэр къызэрытIэбэрэбыхьырщ. Дыхьэшхэн зыри жыдмыIэ пэтми, тIури додыхьэшх. Ди пIэ дизэгъа нэужь, ди щхьэхэр зыдохьэлIэри, ди макъхэм зедмыгъэIэту псэлъэн щIыдодзэ. Сыт хуэдизкIэ дигухэр зэхуэмыIэфIми, дэ тхуэшэчкъым ди псалъэмакъыр чын хуэIухуэщIэ гуэркIэ дымыгъэтэрэфэрэну. Псалъэм папщIэ, «уэ пэжу гу лъыптат абы» е «си насыпу собж бжесIэну Iэмал сызэриIэр». Тхуэшэчкъым тIум языр гушыIэмэ, ар къемызэгъыу щытми, зыдукIыжу дымыдыхьэшхыну. Iуэхум тепсэлъыхьын иуха нэужь, си ныбжьэгъур къыщолъэтыжри, и пыIэр си тхыгъэхэр здэщыIэ лъэныкъуэмкIэ щиудэурэ сэлам къызихыжын щIедзэ. Аргуэру зыкъэтIэбэрэбыхьурэ додыхьэшх. Сенэм нэс щIызошыж. Мыбдеж си ныбжьэгъум джэдыгур щызогъэтIэгъэж, ауэ езым зэрыхузэфIэкIкIэ а пщIэшхуэр зылъимыгъэсыну хэтщ. ИтIанэ Егор бжэр щыIуихкIэ, си ныбжьэгъум Тхьэ еIуэ щIыIэ къысхыхьэну, сэращи — щIыбым нэс нэгъунэ сыдыщIэкIыну сыхьэзыр хуэдэу зызощI. ИкIэм-икIэжым кабинетым сыкъыщIыхьэжа нэужь, си Iупэхэр иджыри мэгуфIэ — къэмыувыIэжыфу ара къыщIэкIынщ.
Зэман докIри, нэгъуэщI уэзджынэ. Зыгуэр сенэм къыщIохьэ, кIыхьлIыхьу зетIэщI, мапсчэ. Егор хъыбар къызегъащIэ студент къызэрыкIуамкIэ. «КъыщIэгъэхьэ», — жызоIэ. Тэлай докIри, щIалэ лъагъугъуафIэ къыщIохьэ. Зы илъэс хъунщ абырэ сэрэ дыкъызэрызэрешэкIрэ: абы си экзаменхэм Iэпэдэгъэлэлу фIэкIа зыхуигъэхьэзыркъым, сэращи — «зыхэр» хузогъэув. Апхуэдэ щIалэфIхэр, студентхэм я жыIэкIэу, сэ пезгъэххэр е къесхуэкIхэр, илъэс къэс цIыхуиблым нызэрохьэс. Зи къару пэмылъэщхэм е зэрысымаджэм къыхэкIкIэ экзамен зыхуэмытхэм я натIэм итыр тэмакъкIыхьу яшэч икIи къызэдауэркъым. Къызэдауэри унэм къакIуэри сангвиникхэм я закъуэщ — кIыхьлIыхь хъуа экзаменым IэфIу имыгъашхэ, оперэм хуиту имыгъакIуэ щIалэжьхэр. Япэрейхэм яхудызочых, мыдрейхэр илъэсым и кIуэцIкIэ къызохуэкI.
— ТIыс, — жызоIэ сэ хьэщIэм. — Сыт къыджепIэн?
— Къысхуэгъэгъу, профессор, узэрызгъэпIейтейм щхьэкIэ, — щIедзэ абы зэIынэ-зэIыпкIэу, си нэкIуми къимыплъэу. — Сэ узгъэпIейтеину дзыхь сщIынутэкъым, ауэ… Сэ уи деж экзамен щыстыну тхуэнейрэ сыхэтащ, икIи… икIи сыкъыпихащ. КхъыIэ, Тхьэм щхьэкIэ, сынолъэIу, схуэгъэув, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ…
Щхьэхынэ псоми зэрызаухеиж щхьэусыгъуэу къахьыр сытым дежи зыщ: абыхэм адрей экзамен псори фIы дыдэу ятащ, къызыпихар сысейм и закъуэщ. Ар езыр гъэщIэгъуэн дыдэщ, сыту жыпIэмэ, си дерсхэм ахэр сыт щыгъуи егугъупэу еджащ икIи фIы дыдэу ящIэ. КъыщIыпихар зэрымыщIэ дыдэкIэ къэхъуа гуэрщ.
— Къысхуэгъэгъу, си къуэшыжь, — жызоIэ сэ хьэщIэм, — пхуэзгъэувыфынукъым. — КIуэи иджыри лекцэхэм еджи къакIуэ. ИтIанэ деплъынщ.
Щымщ. Сэ студентыр тIэкIу згъэбэмпIэну сигу къохьэ пивэмрэ оперэмрэ щIэныгъэм нэхърэ нэхъыфIу зэрилъагъум щхьэкIи, сыщатэурэ жызоIэ:
— Сэ къызэрысфIэщIымкIэ, уэ иджы нэхъыфI дыдэу пхуэщIэнур медицинэ факультетым ущIэкIыжыпэнращ. Уи къарукIэ экзаменыр щыпхуэмыткIэ, гурыIуэгъуэщ уэ дохутыр ухъуну узэрыхуэмейри а IэщIагъэм уи насып зэрыхэмылъри.
Сангвиникым и нэкIум зызэблеш.
— Къысхуэгъэгъу, профессор, — погуфIыкI ар, — ауэ апхуэдэу сщIэмэ, сэ зыми сыкъыгурыIуэнукъым. ИлъэситхукIэ седжауэ зэуэ… сыщIэкIыжу!
— Пэжщ! Илъэситху пщIэншэу бгъэкIуэдмэ нэхъыфIщ, пфIэмыфI IэщIагъэм уи гъащIэ псокIэ урилажьэ нэхърэ.
Ауэ ар занщIэу сфIэгуэныхь мэхъужри, жесIэну сопIащIэ:
— УзэрегуакIуэщ. Аращ, тIэкIу еджэжи къакIуэ.
— Дапщэщ? — дэгу-дэгуу щIоупщIэ хуэмыхур.
— Дапщэщ ухуейми. Ухуеймэ, пщэдей.
Аращи, абы и нэ гуапэхэм щIызолъагъуэ: «УкъакIуэ хъунут, ауэ уэ гъуамэм аргуэру сыщIэпхужынущ».
— Дауи, — жызоIэ сэ, — иджыри пщыкIутхурэ экзамен птыну укъакIуэкIэ уэ нэхъ еджа ухъунукъым, ауэ абы уи хьэлыр зэтриухуэнщ. АбыкIи берычэт бесын.
Щым дохъу. Сэ сыкъотэджыжри хьэщIэр щIэкIыжыным сыпоплъэ. Ар щытщ, щхьэгъубжэм йоплъ, и жьакIэ тIэкIур иIуэтурэ мэгупсысэ. Зэшыгъуэ мэхъу.
Сангвиникым и макъыр гуакIуэщ, щызщ, и нэхэр губзыгъэщ, пыгуфIыкIын хьэзырщ, и нэкIур хьэлэлыфэщ, пивэ егъэлеямрэ шэнтжьей илъынымрэ тIэкIу зэхаупIышкIуауэ. IупщIщ абы хъыбар гъэщIэгъуэн куэд оперэм, и лъагъуныгъэ Iуэхухэм, и ныбжьэгъужьхэм ятеухуауэ къызэрызжиIэжыфынур. Ауэ абыхэм я гугъу ящI хабзэкъым. Сэ-тIэ сфIэфIыпсу седэIуэнт.
— Профессор! Псалъэ быдэ узот схуэбгъэуву щытмэ, сэ…
Iуэхур «псалъэ быдэм» зэрынэсу сэ си Iэхэр сощIри стIолым сыбгъэдотIысхьэж. Студентыр иджыри дакъикъэкIэ мэгупсысэри хэплъэурэ жеIэ:
— Апхуэдэу щыхъукIэ фIыкIэ… Къысхуэгъэгъу.
— ФIыкIэ, си къуэшыжь. Узыншагъэ Тхьэм къуит.
Ар Iэнкуну сенэм макIуэ, хуэмурэ зехуэпэжри, щIыбым щIэкIыжа нэужь аргуэру гупсысэ къыщIэкIынщ. «ШейтIаныжьым» фIэкIа къысхужиIэн щимыгъуэтым, ресторан мыхьэнэншэм пивэ ефакIуэ, шхакIуэ макIуэ, итIанэ жеину унэм мэкIуэж. Уи ахърэт дахэ ухъу, лэжьакIуэжь!
Ещанэ уэзджынэ. Дохутыр щIалэ къыщIохьэ, кIэстум зэфIэтыщIэ фIыцIэ щыгъыу, дыщэ нэгъуджэ Iулъу, галстук хужьи, дауи, дэлъу. ЗыкъызегъэцIыху. СогъэтIысри зыхуеймкIэ соупщI. ТIэкIуи гузавэурэ щIэныгъэм и щихъ къэунэхуам къызжиIэн щIедзэ мы гъэм докторантым и экзаменыр зэритар, диссертацэ итхын фIэкIа зыри къызэрыхуэмынэжар. Ар хуейт си унафэм щIэту си деж щылэжьэну икIи сэ хуэзмыщIа щыIэтэкъым, диссертацэм и темэ естатэмэ.
— Iейуэ си гуапэщ, коллегэ, сэбэп сыхъуну, — жызоIэ сэ, — ауэ япэщIыкIэ диссертацэр зищIысым теухуауэ дызэгурыгъаIуэт. А псалъэм кърагъэкI хабзэр цIыхум и гуащIэр хилъхьэу езыр зэлэжьа IэдакъэщIэкIщ. Армырауэ пIэрэ? НэгъуэщIым и темэрэ и унафэкIэ ягъэзэщIа тхыгъэм зэреджэр нэгъуэщI зыгуэрущ…
Докторантыр щымщ. Сэ сыкъолыбри сыкъыщолъэт.
— Псори си деж фыкъыщIэкIуэращ сэ къызгурымыIуэр? — сокIий сэ сыкъэгубжьауэ. — Тыкуэн згъэлажьэ фи гугъэрэ? Сэ темэ сщэркъым! Минрэ езанэрэ сыныволъэIу псори фыскIэрыкIыну! Къысхуэвгъэгъу, сыхьэлыншэмэ, ауэ, хъуну щытмэ, мыр сужэгъуащ!
Докторантыр щымщ, и нэпкъпэпкъым плъыжьыгъэ тIэкIу къыщIэува къудейщ. Абы и нэгум къощ си цIэмрэ щIэныгъэлIхэм я деж щызиIэ пщIэмрэ зэрыфIэлIыкIыр, арщхьэкIэ и нэхэм щIызолъагъуэ си макъри си Iэпкълъэпкъ мыфэмыцри, тэмакъкIэщIу дэздзей си Iэхэри илъагъу зэрымыхъур. Сыкъызэрыгубжьам абы схухэту сыкъыфIегъэщI.
— Мыр тыкуэнкъым! — сошхыдэ сэ. — Сытуи гъэщIэгъуэн! Фи щхьэ и унафэ фщIыжыну сыту пIэрэ фыщIыхуэмейр? Сыту пIэрэ апхуэдизу хуитыныгъэм фигу щIыщыкIар?
Сэ Iэджи жызоIэ, ар зэрыщымщ. Зы зэман зэ хуэм- хуэмурэ сосабырыж икIи, дауи, зызот. Докторантым щай зи мыуасэ темэ естынущ, си унафэм щIэту зыми къыхуэмысэбэпын диссертацэ итхынущ, зэхуэс зэшыгъуэм щIыхь пылъу щыпхигъэкIынурэ зыкIи зыхуэмей щIэныгъэлI цIэр къыIэрыхьэнущ.
Уэзджынэхэр кIэ ямыIэу зым иужьым адрейр иту къеуэнкIи хъунущ, ауэ сэ плIым деж сыкъыщыувыIэнщ. ЕплIанэ уэзджынэр къоуэри, лъэ макъыр, бостейм и щхъыщхъыкIэр, макъ гурыхьыр къызоцIыхуж…
Илъэс пщыкIуий и пэкIэ си ныбжьэгъу нэ дохутыр дунейм ехыжащ, илъэсиблым ит ипхъу Катярэ ахъшэу сом мин хыщI хуэдизрэ къигъанэри. И уэсятымкIэ сэ уэчылу сигъэуващ. ИлъэсипщI хъуху Катя си унагъуэм щыпсэуащ, иужькIэ институтым иратри, гъэмахуэ мазэхэм, зыгъэпсэхугъуэхэм деж фIэкIа щыIэжакъым. И гъэсэныгъэ Iуэху зесхуэну сэ сыхущIыхьэртэкъым, сызэрыкIэлъыплъар зэман-зэманкIэрэщ, абы къыхэкIыу и сабиигъуэм теухуауэ схужыIэнур мащIэ дыдэщ.
Япэ дыдэу си нэгу къыщIыхьэжри сигу къэзгъэкIыжыну сфIэфIри абы егъэлеяуэ дзыхьышхуэ къузэригъэзрат. Ди унагъуэм къыщихьагъащIэми, дохутырхэр зригъэплъын хуей щыхъукIи а дзыхьыр абы и нэгу цIыкIум къилыдыкI зэпытт. Зэзэмызэ, и жьэгъур щIэпхыкIауэ зыщIыпIэ деж тIысынти, Iэмал имыIэу зыгуэрым и нэр триубыдэнт. Сэ сытхэурэ тхылъхэр зэрызэтездзыр, фызыр зэрыIэбэр, е пщэфIапIэм пщафIэм кIэртIоф зэрыщиукъэбзыр, хьэмэрэ хьэр зэрыджэгур илъагъумэ, сытым дежи абы и нэм щIэплъагъуэр зыт: «Мы дунейм щекIуэкI псори зэрыщыту дахащэщ икIи пэжщ». Абы псори ищIэну хуейти, къыздэуэршэрын фIэфI дыдэт. Си пащхьэм къитIысхьэнти, сщIэхэм къеплъурэ упщIэ къызитын щIидзэнт. Сыт сызэджэр? Университетым сыт щысщIэр? Хьэдэм сыщышынэрэ? Дэнэ си улахуэр здэсхьыр? Псори фIэхьэлэмэтт.
— ЕджакIуэхэр университетым щызэзауэрэ?
— Щызозауэ, тIасэ.
— Уэ ахэр лъэгуажьэмыщхьэу бгъэуврэ?
— Согъэув.
ЕджакIуэхэр зэрызэзауэри, сэ ахэр лъэгуажьэмыщхьэу зэрызгъэуври фIэдыхьэшхэнти дыхьэшхырт. Iэсэрэ тэмакъкIыхьу сабий хьэлэлт ар. Зыгуэр къытрахыу, къимылэжьауэ ягъэкъуаншэу е зыщIэупщIэм и жэуап ирамытыжу зэкъым-тIэукъым ар зэрыслъэгъуар. Апхуэдэхэм деж дзыхьым нэщхъеягъэ къыщIэувэрт — аркъудейт. Сэ абы и телъхьэу сыкъэувыфыртэкъым, ауэ зэрынэщхъейр щыслъагъукIэ зэзубыдылIэу, дэгызэжьым ещхьу, «Си зеиншэ цIыкIу!» жысIэу седэхэщIэну сигу къихьэрт.
СощIэж абы зыкъихынрэ дыху зытеутхэнрэ фIэфIыщэу зэрыщытари. АбыкIэ сэ сэщхьт. Сэри сфIэфIщ щыгъын дахэрэ дыхуфIрэ.
И ныбжьыр илъэс пщыкIуплI-пщыкIутху щыхъум, Катя къэгъазэ имыIэжу зытхьэкъуа гурыщIэм зэрыщIидзами зэрызиужьами сыкIэлъыплъыну зэманрэ гукъыдэжрэ сызэримыIам сыхущIогъуэж. Зи гугъу сщIыр ар театрым хьэщыкъ зэрыхуэхъуаращ. Институтым къикIыжу ди деж зигъэпсэхуну къыщыкIуэжхэм деж къызэщIэплъарэ зимыгъэнщIыжу абы пьесэхэмрэ актерхэмрэ хуэдэу зи гугъу ищI щыIэтэкъым. МыувыIэу театрым зэрытепсэлъыхьымкIэ дригъэзэшырт. Фызымрэ сабийхэмрэ абы едаIуэртэкъым. Си закъуэт лIыгъэ зыхуримыкъур ар къызыфIимыгъэIуэхуну. Игу хэзыгъэхъуа гуэрым тепсэлъыхьыну щыхуейм деж си пэшым ныщIыхьэрти, хэкъузауэ лъаIуэрт:
— Николай Степаныч, кхъыIэ, театрым сытегъэпсэлъыхь!
Сэ сыхьэтыр езгъэлъагъурти жысIэрт:
— Сыхьэт ныкъуэ узот. ЩIэдзэ.
ИужькIэ абы IэплIакIуэу къихьын щIидзащ и пщIыхьэпIэхэм хэмыкI актерхэмрэ актрисэхэмрэ я сурэтхэр. Ар зи мыIэщIагъэхэм ягъэув спектакль гуэрхэм щыджэгуну тIэурэ-щэрэ хэтащ, икIэм-икIэжым, еджэн щиухым, актрисэ хъуным къыхуигъэщIауэ жиIэу къысхуэуващ.
Катя театрым зэритхьэкъуар сэ зэи сфIэкъабылтэкъым. Си гугъэмкIэ, пьесэр фIымэ, ар пэжу къагурыIуэн щхьэкIэ, Iэмал имыIэу щыткъым актерхэр гугъу иумыгъэхьынкIэ: уеджэмэ зэфIэкIащ. Пьесэр Iеймэ, ар фIы зыщIыжыфын джэгукIэ щыIэкъым.
Си щIалэгъуэм куэдрэ сыкIуэрт сэ театрым, иджыри илъэсым тIэу унагъуэм тIысыпIэхэр къыIахри «жьы къысщIрагъэхуну» сашэ. Дауи, ар мащIэщ театрым утепсэлъыхьыну хуит ухъун папщIэ, ауэ тIэкIу и гугъу сщIынщ абы. КъызэрысфIэщIымкIэ, театрыр илъэс 30 — 40 и пэкIэ зэрыщытам нэхърэ нэхъыфI хъуакъым. Нэхъапэхэми хуэдэу, театр щIыхьэпIэми зэблэкIыпIэхэми псы къабзэ стэкан щызгъуэтыркъым. Нэхъапэхэми хуэдэу, кIэлъыплъакIуэхэм си джэдыгум щхьэкIэ тезыр сагъэпшын, щIымахуэм щыгъын хуабэ пщыгъыну емыкIу хэмылъми. Нэхъапэхэми хуэдэу, зэпыгъэугъуэхэм мыхьэнэ лъэпкъ имыIэу макъамэ кърагъауэ, пьесэр къызэрыпщыхъум щIэуэ лей гуэр къыхигъахъуэу. Нэхъапэхэми хуэдэу, зэпыгъэугъуэхэм деж цIыхухъухэр буфетым ефакIуэ макIуэ. Iуэху жьгъейхэм зыужьыныгъэ хэзмылъагъуэмэ, сыт щхьэкIэ ар нэхъ инхэм къыщыслъыхъуэн? Театр хабзэжьхэм и лъакъуэм щыщIэдзауэ и щхьэм нэс Iэпхлъэпх ящIа актерым «ЩыIэн е щымыIэн?» монолог къызэрыгуэкI дыдэм цIыху псэлъэкIэм емыщхьу, Iэмал имыIэу щIэфиихьыжрэ и Iэпкълъэпкъ псор зэщIэкIэзызэу къыщеджэкIэ; хьэмэрэ акъылыншэхэм куэдыIуэрэ епсалъэ, хъыджэбз акъылыншэ фIыуэ зылъагъу Чацкэр цIыху губзыгъэу, «Акъылым къыхэкIа бэлыхьыр» мыпьесэ зэшыгъуэу си фIэщ ящIыну щыхэтым и деж, сценэм илъэс плIыщI и пэкIэ си жеин къэзыгъакIуэу щыта а пасэреимэр кърех, хабзэ хъуа къугъыкIэрэ бгъэгу теуIуэкIэкIэ си ныбэ из ящIыну щыхэтар сигу къигъэкIыжу. Аращи, сызэрыщIыхьам нэхърэ нэхъ дзыхьмыщIыжу сыт щыгъуи сыкъыщIокIыж театрым.
Сытри зи гум ежалIэ цIыхубэ жыIэзыфIэщым и фIэщ пхуэщIынущ театрыр иджыпсту зэрыщытым хуэдэуи зыузэщIыныгъэм и хэщIапIэу. Ауэ зыузэщIыным къикI дыдэм нэгъэсауэ щыгъуазэр а къапхъэным- кIэ къыпхуэубыдынукъым. СщIэркъым сэ ар илъэсищэ е щэ ныкъуэ дэкIмэ зэрыхъунур. Ауэ иджыпстурей IуэхукIэ театрыр зэштегъэу фIэкIа хъунукъым. А зэштегъэур лъапIэIуэщ адэкIи къэбгъэсэбэпын хуэдэу. Узыншэхэу, хэлъэт яIэхэу абы зи щIалэгъуэ цIыхухъухэмрэ цIыхубзхэмрэ къэралым мин бжыгъэкIэ яфIегъэкIуэд. Я гъащIэр театрым трамыухуамэ, ахэр дохутырыфI, мэкъумэшыщIэ, егъэджакIуэ, офицерыфI хъуфынухэт. ЦIыхухэр пщыхьэщхьэ сыхьэтхэм хокIыж — акъылым зебгъэужьыну, ныбжьэгъухэм уадэуэршэрыну щынэхъыфI дыдэ зэманым. Сэ и гугъу сщIыххэркъым мылъкумрэ хабзэмрэ я лъэныкъуэкIэ театреплъым игъуэт щыщIэныгъэм, лIы укIыныр, зинэр, пцIы телъхьэныр пхэнжу сценэм щыпхагъэкIыну щыхэтым и деж.
Катя-тIэ зэрегупсысыр нэгъуэщI зыгуэрут. Абы си фIэщ ищIыну хэтт театрыр иджыпсту зэрыщытым хуэдэуи еджапIэхэми, тхылъхэми, дунейм тету хъуа псом нэхъри нэхъ лъагэу. Театрыр гъуазджэм и къудамэ псори зи закъуэ къызэщIэзыубыдэ къарущ, актерхэр — лIыкIуэхэщ. Сценэм хуэдэу пэжу икIи лъэщу зы гъуазджэ къудамэми зы щIэныгъэми и закъуэ цIыхупсэм зригъэужьыфын хузэфIэкIынукъым. Аращ актер къызэрыгуэкIыр щIэныгъэлI нэхъыфI дыдэми сурэтыщIым нэхъри къэралым нэхъ щIыщыцIэрыIуэр. Сценэ лэжьыгъэм хуэдэу уигу хэзыгъэхъуэн, удэзыхьэхын IэнатIи щыIэкъым.
Арати, махуэ гуэрым Катя джэгуакIуэ гупым яхыхьэри ежьащ, Уфа си гугъэжщ здэкIуар, ахъшэ зыкъом, гугъэ IэфI гуп, уэркъ Iуэху еплъыкIэ здрихьэжьэри.
Гъуэгу тету абы къиутIыпща япэрей тхыгъэхэр телъыджэт. Седжэрт абыхэми, сымыгъэщIэгъуэн слъэкIыртэкъым апхуэдиз щIалагъэ, псэ къабзагъэ, гупцIанагъ жыIэзыфIэщ тхылъымпIэ напэ цIыкIухэм зэрихуэр, а псом цIыхухъу акъылым фэ къытезыгъэуэфын, мыхьэнэ зиIэ Iуэху еплъыкIэ куу дэщIыгъужу. Индыл псыежэхыр, дунейм и дахагъэр, здэщыIа къалэхэр, и ныбжьэгъухэр, къехъулIа-къемыхъулIахэр абы псалъэкIэ къигъэлъагъуэ къудейтэкъым, пшыналъэ къыхищIыкIырт. Сатыр къэс и нэгум ислъагъуэу сызэса и дзыхьымкIэ гъэнщIат, — а къомым щыуагъэ гуп хэпхъарэ нагъыщэхэр хэт-хэмыту къетхэкIауэ.
Илъэс ныкъуи дэкIатэкъым: «Сэ зыгуэр фIыуэ солъагъу», — жиIэу къыщIидзэу икъукIэ усэхуэкIуэ письмо хэIэтыкIа къыщысIэрыхьам. А тхыгъэм щIалэ зэщIэупсам, шляпэбгъуэ щхьэрыгърэ IэлъэщIышхуэ зи плIэм едзэкIыжам и сурэт щIыгъут. Япэрейм къыкIэлъыкIуэ тхыгъэхэри гъуэзэджэт. Ауэ абыхэм иджы нагъыщэхэр къыхэувакIэт, щыуагъэхэр кIуэдат икIи фIыуэ цIыхухъумэ къакIэрихырт. Катя къитхырт сатуущI къулейхэмрэ кхъухь зиIэхэмрэ къытебгъэхьэу псапэ мылъкукIэ Индыл Iуфэм театрышхуэ щыпщIыну зэрыфIыр. Ахъшэр куэдынут, театреплъхэм къапыкIынур нэхъыбэжт, актерхэр здэгуашэу джэгунхэт… А псор, Тхьэм ещIи, фIы дыдэу къыщIэкIынкIи хъунт, ауэ, къызэрысфIэщIымкIэ, апхуэдэ гупсысэхэр щызеуэ хабзэр цIыхухъущхьэрщ.
Дауэ мыхъуми, илъэс-илъэсрэ ныкъуэкIэ псори хъарзынэу екIуэкIа къыщIэкIынщ: Катя щIалэр фIыуэ илъагъурт, и IэщIагъэмкIэ игурэ и щхьэрэ зэтелът икIи насыпыфIэт. Ауэ хуэм-хуэмурэ и гур зэрыфIэкIуэдыр къахэщ хъуащ къитххэм. И ныбжьэгъухэм ятеухуауэ тхьэусыхэн зэрыщIидзам гу лъызигъэтащ абы. Ар псом япэ къищ нэщэнэ нэхъ шынагъуэ дыдэхэм ящыщщ. ТхакIуэ е щIэныгъэлI щIалэм и лэжьыгъэр щIэныгъэлIхэмрэ тхакIуэхэмрэ ятехъущIыхьу къыщIидзэмэ, ар езэшащ, ищIэнури мащIэщ. Катя къысхуитхырт и ныбжьэгъухэр репетицэхэм зэрымыкIуэмрэ я ролхэр зэи гукIэ зэрамыщIэмрэ. Пьесэ мышу зэрагъэувымрэ сценэм зэрызыщаIыгъ щIыкIэмкIэ къагъэлъагъуэ абыхэм цIыхубэм пщIэ лъэпкъ зэрыхуамыщIыр. Ахъшэ нэхъыбэу къыхэкIын папщIэ, зытепсэлъыхьыххэри аращ, драмэ артисткэхэм уэрэдыжь цIыкIухэр жаIэну зыхуагъэфащэ, трагедием щыджэгухэращи, лIы къагъэпцIахэмрэ цIыхубз щхьэпсынщIэхэр уэндэгъу зэрыхъумрэ ауан щащI едзыгъуэхэр къраш, н.къ. ЩIыпIэ пхыдзахэм Iуэхур иджыри къэс щыкIуэцIрымыхупэу, апхуэдэ къуэпс ныкъуэфым зэрыщиIыгъыфыр гъэщIэгъуэнщ.
Катя письмо кIыхь, икIи, пэжу жысIэмэ, письмо зэшыгъуэ хуезгъэхьыжащ. Адрей къомым къыдэкIуэу, абы хуэстхырт: «Сэ мызэ-мытIэу актер лIыжьхэм, гумащIэу къысхущыта цIыху хьэлэл дыдэхэм сеуэршэрылIэну къысхуихуащ. Сазэрыдэуэршэрам къыхэсхамкIэ, абыхэм я лэжьыгъэр акъылымрэ хуитыныгъэмрэ трамыщIыхьу, цIыхухэр зыщIэупщIэмрэ ахэр дэзыхьэхымрэ нэхъ иралъытырт. Нэхъ Iэзэ дыдэу абыхэм яхэтахэм я гъащIэм и кIуэцIкIэ трагедиехэми, оперетэжь цIыкIухэми, париж ауанхэми, гушыIэхэми щыджэгуну къахуихуащ, а псом щыгъуэми зэхуэдэу гъуэгу захуэм тету икIи сэбэп къахьу забжыжу. Аращи, ем и лъабжьэр къыщылъыхъуэн хуейр актерхэм я дежкъым, атIэ езы гъуазджэмрэ цIыхухэр абы зэрыхущытымрэщ». А си тхыгъэм Катя фIыуэ зэгуигъэпа фIэкIа, зыкIи ихъуэжакъым. Абы къысхуитхыжащ: «Уэрэ сэрэ уэрэдыпкъ зырыз къыдош. Сэ зи гугъу пхуэсщIар гумащIэу къыпхущыта цIыху хьэлэл дыдэхэракъым, хьэлэлагъыр яшхми зымыщIэ угъурсыз гупщ. Мыхэр нэгъуэщI зыщIыпIи зэрамыщтэм щхьэкIэ, сценэм къэса цIыху мыгъасэ гуартэщ, зэрынапэншэм къыхэкIыу артисткIэ зэджэжу. Iэзагъ зыбгъэдэлъ яхэмытыххэу, зэфIэкIыншэ, ефэрей, къаугъэшы, дзыус защIэу. Апхуэдизу фIыуэ слъагъу гъуазджэр гущыкI зыхуэсщIа цIыхухэм зэраIэрыхьам си гур зэригъэузыр къысхуэIуатэр-къым; гуузщ цIыху нэхъыфI дыдэхэми ер жыжьэу фIэкIа зэрамылъагъур, абы гъунэгъуу бгъэдыхьэну зэрыхуэмейр, икIи къыпкъуэувэным и пIэкIэ псалъэ хьэлъэкIэ псоми ящIэ, зыри зыхуэмыныкъуэ ущиехэр зэратхыр…», нэгъуэщIхэри къинэмыщIхэри, псори апхуэдэ защIэу.
Зэман дэкIри мыпхуэдэ письмо къысIэрыхьащ: «Сэ гущIэгъуншэу сыкъагъэпцIащ. АфIэкIа сыпсэужыфкъым. Си ахъшэхэм узэгуакIуэр ещIэ. Сэ адэу, си ныбжьэгъу закъуэу узбжу фIыуэ услъэгъуащ. Къысхуэгъэгъу».
КъызэрыщIэкIамкIэ, абы и мыгъуэри «цIыху мыгъасэ гуартэм» ящыщт. Зи гугъу ищIа гуэрхэмкIэ иужькIэ къызгурыIуащ абы зиукIыжыну зэрыхэтар. Катя щхъухькIэ зигъэлIэж пэта си гугъэщ. ИтIанэ, уегупсыс зэрыхъунумкIэ, ар фIыуэ сымэджащ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, къыкIэлъыкIуэ письмор Ялтэ, абы дохутырхэм ягъэкIуауэ ара къыщIэкIынт, къритхыкIащи. Иужь дыдэу къысIэрыхьа абы и письмом лъэIу итт Iэмал зэриIэкIэ нэхъ псынщIэу Ялтэ сом мин хуезгъэхьыну икIи зэриухыр мыпхуэдэут: «Къысхуэгъэгъу си письмор апхуэдэу зэрыхьэлъэм щхьэкIэ. Дыгъуасэ си сабийр щIэслъхьэжащ».
Кърымым илъэс хуэдизкIэ щыIа нэужь, ар унэм къэкIуэжащ. ИлъэсиплI хуэдизкIэ къэтат ари, а илъэсиплIми абы, зызумысыжынщи, икъукIэ гурымыхьу икIи мыгурыIуэгъуэу сыбгъэдэтащ. ЯпэщIыкIэ, актрисэхэм зэрахыхьэр къыщызжиIами, иужькIэ, и лъагъуныгъэм теухуауэ къыщысхуитхами, зэман-зэманкIэрэ ахъшэ ирипхъыну игу къыщихьэхэми, сэ ар къыщIэупщIэху зэм сом мин, зэм тIу хуезгъэхьын хуей хъурт. ЗиукIыжыну зэримурадым, итIанэ сабийр зэрылIар къыщысхуитхым, зэуэ си гур сфIэкIуэдырти, письмо кIыхьхэр, зэшыгъуэхэр зэрыхуэстхам фIэкIа, и гъащIэр къысфIэIуэхуу зыкIи къэзгъэлъэгъуакъым. Абы сриадэ пэлъытэу зыкъэслъытэжу, пхъум хуэдэу фIыуэ слъагъу пэтми!
Иджы Катя спэмыжыжьэу мэпсэу. Абы пэшитху хъу фэтэр къищтэри, игу зэрыдыхьэм тету, зыхуей хуигъэзащ. Катя и псэукIэр зыгуэрым сурэту ищIыну иужь ихьамэ, гу нэхъ зылъыптэу абы къыхэщыну гукъыдэжыр щхьэхынагъэрт. Iэпкълъэпкъ хуэмыхум щхьэкIэ шэнтжьей, шэнтщхьэгуэ щабэхэр. Лъакъуэ щхьэхынэм папщIэ — алэрыбгъухэр, нэ хуэмыхум щхьэкIэ — текIыжыгъуафIэ, зэIумыбз плъыфэ гъуабжэлъабжэхэр. Псэ щхьэхынэм щхьэкIэ — блыным къекуэдэкI жьыху пудхэмрэ къыщыгъэлъэгъуам и гъэщIэгъуэнагъым нэхърэ зыми зэремыщхьымкIэ адрейхэм къахэщ сурэт цIыкIухэмрэ, Iэнэ, телъхьэпIэ цIыкIу куэдыкIейхэр, зыкIи узыхуэмеину хьэпшып пуд зэмылIэужьыгъуэхэр щегъэувэкIауэ; Iупхъуэхэм я пIэкIэ теплъэ пыухыкIа зимыIэ бзыхьэхуэ гуэрхэр… Плъыфэ IупщIхэм, унэ зэлъыIуха Iэхуитлъэхуитым зэращышынэр дыщIыбгъужмэ, а псом къегъэлъагъуэ дахагъэм и мардэхэр абы зэрыIэщIэкIар. Махуэм и кIыхьагъым Катя тхылъ йоджэри шэнтжьейм илъщ, нэхъыбэу романхэмрэ повестхэмрэ. Махуэм и кIуэцIкIэ зэ закъуэ, шэджагъуэ нэужьым, сэ сыкъилъагъуну къыщIэкIыу аращ.
Сэ солажьэ. Катя спэмыжыжьэу шэнтжьейм исщ, щыму, щIыIэм ис хуэдэ шылэхъарым зыкIуэцIешыхь. ЗэрысфIэлъагъугъуафIэрами, зэрыцIыкIурэ си деж къыщIыхьэрейуэ зэрыщытарами сщIэркъым, ауэ ар зэрыщIэсыр сыгупсысэну зэран къысхуэхъуркъым. Зэзэмызэ семыгупсысыххэу упщIэ гуэр изот, жэуап кIэщI къызетыж. Е тэлайкIэ, зызгъэпсэхун папщIэ, абы дежкIэ зызогъазэри, дохутыр журнал гуэр е газет хэгупсысыхьауэ зэрызэпиплъыхьым соплъ. АпщIондэху гу лъызотэ абы и нэкIум япэрей дзыхь егъэзыкIэр зэримытыжым. КуэдыIуэрэ мафIэгум ежьа гъуэгурыкIуэм ещхьу, абы и нэкIур иджы щIыIэщ, зыри къыфIэIуэхукъым, тегупсысыкIащ. Япэм хуэдэуи дахэу, къызэрыгуэкIыу хуэпащ, ауэ емыгугъуу. Махуэ псом зэрылъ шэнтжьейхэмрэ шэнтиуэхэмрэ я лъэужь и щхьэцми бостейми ятыболъагъуэ. Япэм хуэдэу сытри ищIэну хьэзырыжкъым. ГъащIэм псори щигъэунэхуауэ, щIэ лъэпкъ зэхихыну щымыгугъыжым хуэдэу, упщIи афIэкIа къызитыжыркъым.
СыхьэтиплIым щынэблагъэм хьэщIэщымкIэ Iэуэлъауэ гуэрхэр къоIукI. Ар, и ныбжьэгъу хъыджэбз цIыкIухэр къыздишэри, Лизэ консерваторием къикIыжауэ аращ. Зэхыбох роялым зэреуэр, макъхэр зэрызэралъытыр, зэкIуэцIылъэлъу зэрыдыхьэшххэр. ХьэкъущыкъухэмкIэ Iэуэлъауэурэ Егор шхапIэм Iэнэр къыщеузэд.
— Узыншэу, — жеIэ Катя. — Нобэ фыфейхэм я деж сыщIыхьэнукъым. Я жагъуэ ирырамыщI. СыхущIыхьэркъым. НекIуэкI.
Ар сенэм щыщIэсшыжкIэ, и нэщхъыр зэхэлъу си лъакъуэм щыщIэдзауэ си щхьэм нэс сызэпеплъыхьри гукъанэ хэлъу жеIэ:
— Нэхъ гъур уохъу кIуэ пэтми! Щхьэ зумыгъэхъужрэ? Сэ сыкIуэнщ Сергей Федорович дежи къэсшэнщ. Къурыреплъ.
— Хуейкъым, Катя.
— КъызгурыIуэркъым уи унагъуэр здэплъэр! Зыри яхужыпIэфынукъым, дауи, яхуэдэ щыIэкъым.
Абы Iэрпхъуэру и джэдыгу цIыкIур щетIэгъэж, абдежым емыгугъуу зэщIэкъуа и щхьэцым Iэмал имыIэу щхьэцхэлъхьэ зытIущ къыхохури лъэгум йохуэх. Щхьэцыр зэщIикъуэжыну мэщхьэх икIи хущIыхьэркъым. IэмыкIуэлъэмыкIуэу щхьэц налъэ къехуэхахэр пыIэ цIыкIум щIегъапщкIуэри щIокIыж.
ЗэзыдзэкIар ЧЭРИМ Марянэщ.
(КъыкIэлъыкIуэнущ).
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31328.txt"
} |
Гельбаши гъунэгъу мэхъу
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэщ Тыркум щыщ къулыкъущIэ гуп. Гельбаши къалэм къикIа хьэщIэхэм Налшык зыщаплъыхьащ, щIыпIэм щыпсэухэм къадекIуэкI хабзэхэм щыгъуазэ зыхуащIащ.
Ахэр щыIащ къалэ администрацэм. Абы щытепсэлъыхьащ Налшыкрэ Гельбаширэ зэдэлэжьэнымкIэ щыIэ Iэмалхэм.
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэмрэ Тыркумрэ куэд щIауэ зэхуаIэщ зэныбжьэгъугъэ зэхущытыкIэхэр, экономикэ, щIэныгъэ-техникэ щэнхабзэ зэпыщIэныгъэхэр. Ди фIэщ мэхъу тырку хьэщIэхэр аргуэру къызэрытхуэкIуам ди зэдэлэжьэныгъэм нэхъри зэрызригъэужьынур», — жиIащ къалэ округым и администрацэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр зыгъэзащIэ Кладько Игорь.
Гельбаши къалэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Одабашы Екъуб къыхигъэщхьэхукIащ КъБР-м и артистхэм мы гъэм Тыркум щата концертыр ягу къызэринар. Абы къыдэкIуэу, къыхигъэщащ илъэс еплIанэ хъуауэ езыхэм я къалэм гъэ къэс бэнэкIэ хуитымкIэ щрагъэкIуэкI зэхьэзэхуэхэм Налшык и спортсменхэм ехъулIэныгъэ инхэр къызэрыщахьыр.
ЗэIущIэм и кIэухым Одабашы Екъуб щIыпIэ администрацэм и лIыкIуэхэр иригъэблэгъащ Тыркум кIуэну икIи Гельбаши къалэм теухуа тхылъ тыгъэ къахуищIащ бзищкIэ тхауэ, къалэм и дамыгъэр домбеякъым къыхэщIыкIауэ тету.
Кладько Игорь лIыкIуэхэм я унафэщIым къамэ гъэщIэрэщIа иритащ.
Одабашы Екъуб зи пашэ гупым хэтащ «Кавказ зэкъуэт» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Генчер Толга, Гельбаши къалэм и администрацэм и комитетхэм я Iэтащхьэхэу Атак Мехметрэ Янык Къадиррэ, депутат Верлык Хаджер, журналист Ылыкан Мурат.
Республикэм зэрыщыIэну тхьэмахуэ зэхуакуитIым хьэщIэхэм я мурадщ КъБР-м щагъэзэщIэн папщIэ проектышхуэ зыбжанэ ягъэлъэгъуэну. Псалъэм и хьэтыркIэ, ахэр хьэзырщ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралитIыр зэзыпх бизнес зэхуаку зэгухьэныгъэ щызэтраухуэну.
Уянаевэ Заринэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31331.txt"
} |
Зэкъуэтыныгъэм и телъхьэхэр
Республикэм и цIыхухэр жыджэру хэтащ КъБР-м и къэралыгъуэм, Налшык къалэм я махуэхэм иращIэкIа нэгузыужь Iуэхугъуэхэм.
Апхуэдэу КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм щIалэгъуалэ политикэмкIэ и департаментым и лэжьакIуэхэмрэ Къалэн куэд зыгъэзащIэ щIалэгъуалэ центрым и лIыкIуэхэмрэ а махуэм зэбгратыкIащ Урысей Федерацэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ я ныпхэр зэрызэхэт плъыфэхэр зиIэ лентIхэр. Апхуэдэ лентIу минитIым щIигъу абыхэм хуагуэшащ махуэшхуэр зыгъэлъапIэу Налшык и уэрамхэм дэтхэм.
«Си Республикэ, си Урысей» махуэшхуэ концертыр щекIуэкI ЗэгурыIуэныгъэм и утыр дакъикъэ зыбжанэм къэщIэрэщIащ республикэ, урысей ныпхэм я плъыфэхэмкIэ. КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ Геккиев СулътIан зэрыжиIэмкIэ, апхуэдэ Iуэхур и нэщэнэщ республикэм и цIыху- хэм я зэкъуэтыныгъэм. «Ди нэхъыжьхэм куэд щIауэ къагурыIуащ зэкъуэтыныгъэм, пщIэ зэхуащIу зэбгъэдэтыным и мыхьэнэм и инагъыр. Апхуэдэ лъапIэныгъэхэр и тегъэщIапIэу, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ куэд щыпсэу къэралышхуэм хэту, ди республикэм зеужь икIи ехъулIэныгъэшхуэхэр зыIэрегъэхьэ», — жиIащ Геккиев СулътIан.
А махуэм гукъыдэж зиIэ дэтхэнэри лъэпкъ шхыныгъуэхэмкIэ ягъэтхъэжащ. Республикэм щыпсэу лъэпкъхэм щэнхабзэ и лъэныкъуэкIэ яIэ зэфIэкIхэр утыку кърахьащ. ГуфIэгъуэ дауэдапщэхэр зэхуащIыжащ уафэгум ираутIыпщхьа хьэрэкIытIэ зэмыфэгъухэмкIэ.
Ныбэжь Таисэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31333.txt"
} |
Къалэхэм къиIэпхъукIыжхэр мащIэкъым
Иджырей зэманым куэдрэ узримыхьэлIэ Iуэхущ КъБР-м щекIуэкIыр: къэралым и щIыналъэ куэдым къуажэдэсхэр нэхъ мащIэ щыхъумэ, республикэм и къуажэхэм заужь зэпытщ. 2006 гъэм КъБР-м и цIыхухэм ящыщу къуажэдэсхэр цIыху мин 370-рэ хъууэ щытамэ, 2012 гъэм и щIышылэм цIыхухэр къызэрыхатхыкIам къызэригъэлъэгъуамкIэ, ахэр мин 393-м нэсащ.
Экспертхэм зэрыжаIэмкIэ, ар къызыхэкIар агропромышленнэ комплексым ехьэлIауэ къэралым иригъэкIуэкI политикэм зэрызихъуэжарщ. 2020 гъэм нэсыху КъБР-м и къуажэхэм лэжьапIэ IэнатIэщIэу мин 50-м щIигъу къыщызэIуахыну я мурадщ.
Мэкъумэш IэнатIэм республикэм исхэм ящыщу процент 22-р щолажьэ (абыхэм езыхэм я уней лъапсэхэр зезыхьэхэр яхэмыту). Мэкъумэш IэнатIэм ехьэлIауэ ирагъэкIуэкI Iуэху нэхъыщхьэхэр зыхуэунэтIар хозяйствэ мыинхэр къызэгъэпэщынырщ. абыхэм трагъэкIуадэ къэрал дэIэпыкъуныгъэм и процент 90-м щIигъур.
Прохладнэ районым щыпсэу Iэдэмокъуэ Хьэсэн къэралым и дэIэпыкъуныгъэкIэ лъэ быдэкIэ ува фермерхэм ящыщщ. Езыр щалъхуа Алътуд къуажэм абы дещIыхь сом мелуан 200 зи уасэ Iэщ комплекс. Мазэ зыбжанэм къриубыдэу псэуалъитI хьэзыр ящIащ, выщIэ лъэпкъыфIу зы гуп къащэхуащ. Iэщ комплексым хэтщ Iус хъумапIэ, Iус зэхэлъхэр щагъэхьэзыр цех.
Iэдэмокъуэр иджыблагъэ Италием кIуэри, Iэмэпсымэ зэмылIэужьыгъуэхэр къыхурагъэшэну ягурыIуащ. Мы комплексыр зэтеува нэужь, абы къуажэдэсхэм ящыщу цIыхуи 100-м щIигъу щылэжьэнущ.
Апхуэдэ щапхъэхэр кIуэтэху нэхъыбэ мэхъу. 2012 гъэ лъандэрэ КъБР-м щагъэзащIэ «Агропромышленнэ комплексым зыубгъуауэ зегъэужьынымрэ абы къэрал дэIэпыкъуныгъэ етынымкIэ концепцэр». Ар зытеухуар дэтхэнэ зы уней лъапсэри лэжьапIэ IэнатIэ щIынырщ, Iэмал зэриIэкIэ, цIыху нэхъыбэ хьэрычэт Iуэхум къыхэшэнырщ.
Урысейм Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и академием Къэбэрдей-Балъкъэрым мэкъумэш хозяйствэмкIэ и щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и унафэщI Мэремыкъуэ Арсен жеIэ:
— Республикэм ис лъэпкъ псори ижь-ижьыж лъандэрэ щIым телэжьыхьу, тепсэукIыу къогъуэгурыкIуэ. Абы къыхэкIыу, мэкъумэш хозяйствэм бюджетым и ахъшэ трагъэкIуадэу щыщIадза мы зэманым КъБР-м вапIэу зы метр зэбгъузэнатIи щыбгъуэтыжынукъым мэкъумэшыщIэхэр темылэжьыхьу. Республикэм бизнес мыиным псынщIэу зыщеужь икIи абы и фIыщIэкIэ Iэщ гъэхъунымкIи, хадэхэкIхэр гъэкIынымкIи, жыг хадэхэр хэсэнымкIи, нартыху къехьэлIэнымкIи щыIэ ехъулIэныгъэхэр зэпымыууэ нэхъыбэ мэхъу. Къэбэрдей-Балъкъэрым иджыпсту куэдрэ ущрохьэлIэ «бланэ щалъху мэкIуэж» псалъэжьыр уигу къэзыгъэкIыж Iуэхухэр.
«Российская газета» газет, №6169 (193), 2013 гъэм шыщхьэуIум и 29-м
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31336.txt"
} |
Зэкъуэтыныгъэрщ терроризмэм и бий нэхъыщхьэр
2004 гъэм Беслъэн къалэм дэт курыт школыр бзаджащIэхэм яубыдауэ щаIыгъым къэхъуа гузэвэгъуэм хэкIуэдахэм я фэеплъу иткIэ, Урысейм фокIадэм и 3-м щрагъэкIуэкI Терроризмэм и бий зэкъуэтыныгъэм и махуэ. Абы теухуа щыгъуэ пэкIу дыгъуасэ щызэхэтащ Абхъазым и утым. Налшык къалэ администрацэм и жэрдэмкIэ зэхаша «Къэбэрдей-Балъкъэрыр террорым и бийщ» зэхыхьэм цIыху куэд кърихьэлIат, абыхэм я нэхъыбэр щIалэгъуалэт.
Канунников Анатолэ Терроризмэм и щIэпхъаджагъэхэм цIыху куэд зэрыхэкIуэдар, залымыгъэм зэщIыгъуу пэщIэувэмэ, нэхъ тыншу зэрыпэлъэщынур, къэкIуэнур зэлъытыжа щIалэгъуалэм нэхъыжьхэм я гугъапIэхэр зэрырапхыр къыхагъэщу пэкIур къызэIуахащ ар езыгъэкIуэкIахэм.
— Мы илъэсыр къызэрихьэрэ щIэпхъаджащIэхэм яIэщIэкIуэдахэр мащIэкъым, — жиIащ япэу псалъэ зрата, Хэку зауэшхуэм, лэжьыгъэм, IэщэкIэ ЗэщIэузэда Къарухэм я ветеранхэм я къалэ советым и тхьэмадэ Абдуллаев Мустэфа. — Ди республикэ цIыкIум и лъабжьэр къэзыгъэтIэсхъэну хущIэкъу бзаджащIэхэм, ди жагъуэ зэрыхъунщи, ди щIалэхэр къагъэсэбэпкIэрэ яхузэфIокI щIэпхъаджагъэхэр ди щIыналъэм щалэжьын. Ар къэдмыгъэхъуным ди къару псори етхьэлIэн хуейщ. Дяпэ ита нэхъыжьыфIхэр нобэрей ди зэхэтыкIэм къыхэплъатэмэ, апхуэдэ щытыкIэр къытхуагъэгъунтэкъым. Сыт щхьэкIэ? Ди республикэм и тхыдэ къулейр къэпIэтыжмэ, зэи къэхъуакъым иджы хуэдэу зы лъэпкъым къыхэкIахэр щызэпэщIэувэж, адыгэм е балъкъэрым езым хуэдэм Iэщэ къыщыхуиIэт. Хабзэхъумэ IэнатIэм пэрытми щIэпхъаджащIэми я анэхэм я нэпсхэм я гуащIагъэр зэхуэдэщ. Бынырщ анэм и къулеигъэ нэхъыщхьэр, абы къыхэкIыу дэтхэнэми и къалэнщ анэм и нэпс къызэрыщIимыгъэкIыным хущIэкъуу, сытым дежи игъэгуфIэу бгъэдэтыну. Анэхэм я гущхьэр зыгъэтынш хущхъуэущ быныр зэрыщытын хуейр. Республикэм зеужь, абы и унафэщIхэм цIыхухэм я псэукIэр зэрырагъэфIэкIуэн Iуэху щхьэпэхэр зэфIагъэкI, ди щIыпIэм и дахагъэр хуэдэ щымыIэу телъыджэщ, ди щIыуэпсыр къулейщ. Ауэ щIыналъэм щыIэ зэпIэзэрыт псэукIэр зэтезыкъутэну хуейхэм хъыбарыпцI куэд ягъэIу, апхуэдэ щIыкIэкIи Урысейм и цIыхухэр Кавказым щыпсэухэм къытщагъэшынэ. Абы зи фейдэ хэлъхэр щыIэщ икIи абыхэм я мурад фIейхэр къаймыхъулIэн папщIэ къытщIэхъуэ щIэблэм зыхегъэщIэн хуейщ я хъуреягъкIэ щыIэ фIыр зыхуэдэр, абыхэм я зэманыр Iуэху щхьэпэкIэ гъэнщIыпхъэщ. Республикэм къэкIуэнум фIыкIэ ухуэзыгъаплъэ щIалэгъуалэ Iущхэр иIэщ, ахэр гъуэгу захуэм къызэрытрамышыным псори зэгъусэу дыхущIэвгъэкъу. Сабийр къызыхэкIа унагъуэм, лъэпкъым, къызыдэкIа жылэм я закъуэкъым абы и дуней тетыкIэмкIэ жэуаптакIуэр, ар псоми къыддалъагъури, жылагъуэр тегузэвыхьын хуейщ абы я гъэсэныгъэр зыхуэдэм.
«Вече» урыс щэнхабзэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Канунников Анатолэ и псалъэм къыхигъэщащ псори зэкъуэувэрэ республикэм и зэIузэпэщ псэукIэм хуэлажьэу щIадзэмэ, абы и лъэр зэрыпхущIэмыудынур.
— Дэтхэнэ зыри зэупщIыжын хуейщ: «Республикэм мамырыгъэ, зэIузэпэщыгъэ илъын, ар ефIэкIуэн папщIэ, сыт сэ злэжьар?» жиIэу, — къыщIидзащ и къэпсэлъэныгъэр Канунниковым. — Мис а упщIэм и жэуапыр къилъыхъуэкIэрэ, абы куэд зригъэзэхуэнущ, апхуэдэуи щыпсэу щIыналъэм и зыужьыныгъэм и гуащIэ гуэр зэрыхилъхьэным хущIэкъунущ. Абы щхьэкIэ республикэпсо, къэралпсо мыхьэнэ зиIэ Iуэхушхуэ блэжьын хуейуэ аракъым, дэтхэнэми и къалэныр жэуаплыныгъэ иIэу зэрызэфIихым мыхьэнэшхуэ иIэщ. Сэ тIэу сыщыIащ МелыIычхэм я къалэу Беслъэн щыIэм. Зи гур Iейм зэщIиубыда щIэпхъаджащIэхэм я зэранкIэ зи гъащIэр къызэпыуда цIыху 334-м, нэхъыбэр зи псэугъуэ дахэ сабийуэ, кхъащхьэхэр зылъэгъуам зэи щыгъупщэнукъым, зэман дэкIами, абыхэм я благъэ-Iыхьлыхэм я псэм щыщIэр къэIуэтэгъуейщ. Апхуэдэ Iуэху шынагъуэ къэмыгъэхъуным ди къару псори етхьэлIэн хуейщ. Узыпэмылъэщын Iуэхуи гугъуехьи щыIэкъым, дэIэпы- къуэгъу дызэрыхуейр жытIэфу, къытщыгугъым зыщIэдгъэкъуэфу зедвгъэгъасэ, пагагъэм зедвмыгъэгъэхь.
— Зи бын Iей хуэзэну хуей зы адэ-ани щыIэкъым, псори щIохъуэпс я щIэблэр насыпыфIэ хъуну, — жиIащ КъБР-м и члисэхэм я благочиннэ, протоиерей Бобылёв Валентин. — Сыт хуэдэ Iуэху фыщыпэрыхьэкIи фегупсыс а влэжьынур адэ-анэм къазэрыщыхъунум, итIанэ фэ зэи фыщыуэнукъым. Тхьэм и быну зыкъэзылъытэжхэр, абы и жьауэм щIэту псэухэр зэдэлъхузэшыпхъум хуэдэу зэбгъэдэтын хуейщ, сытым дежи зыр адрейм дэIэпыкъуэгъу хуэхъуу. ГущIэгъу зыхэмылъ цIыхур шынагъуэщ, апхуэдэрщ Беслъэн къалэм къыщыхъуа щIэпхъаджагъэ хьэлъэр зылэжьыфынур. Террорым цIыхум къыхуихьынкIэ хъунур нэсу зыхэзымыщIэхэм МелыIычхэм я къалэр ялъэгъуа иужь къагурыIуэнущ абы къихь гузэвэгъуэм и инагъыр. Шэч хэмылъуи, абы и ужькIэ абыхэм гъащIэм щаIэ лъапIэныгъэхэм куэдкIэ захъуэжынущ.
Абдуллаев Мустэфа ЦIыхухэр зауэм къыхуезыджэ зы дини зэрыщымыIэр къыхигъэщащ и псалъэм КъБР-м и муслъымэнхэм я IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ Мисиров Хъызыр къыщыпсалъэм.
— Лей зезыхьэ цIыхум ар зэи къыхуэгъунукъым, — жиIащ Мисировым. — Гува-щIэхами ар абы къыпекIуэкIыжынущ. Диныр тегъэщIапIэ зыщIу Iэщэр къэзыщтэхэр гъуэгу шынагъуэм тетщ. Диным цIыхухэр къызыхуриджэр мамырыгъэрщ, гуапагъэрщ. Адэ-анэм я быным щхьэкIэ щIагъэкI нэпсым и пщтырагъыр быным зыхищIэфу щытамэ, къагурыIуэнут абыхэм я псэм щыщIэр. ФIы зигу илъырщ зи Iуэху дэкIынур. Фыкъэзылъхуахэм фащысхь, абыхэм я зы нэпс ткIуэпси къызэревмыгъэкIуэным фыхущIэкъу. УзыгъэпIейтей Iуэхущ нобэ дыщIызэхыхьар, дяпэкIэ гуфIэгъуэ щхьэусыгъуэкIэ Тхьэм дызригъэхьэлIэ.
— Беслъэн къалэ къыщыхъуауэ щытар цIыху акъылым къимытIасэ Iуэхущ, — къыпищащ адэкIэ псалъэмакъым КъБР-м и Парламентым и депутат Азычэ Светланэ. — Зы дини зы щэнхабзи щыIэкъым апхуэдэ хьэкIэкхъуэкIагъэр къитIасэу. ЩIалэгъуалэр фызыщIэгупсысыж: сыт мы дунейм фыкъыщIытехьар? Сэ щIалитIым сраанэщ. Анэм иIэ хъуэпсапIэхэр зыхуэдэр сэ фIыуэ сощIэ. Фэ фи къалэн нэхъыщхьэр фи адэ-анэхэр къыфхуэарэзыуэ гъащIэм увыпIэ тэмэм щывубыдынырщ, унагъуэ дахэ, насыпыфIэ фухуэнырщ. Анэгур махэщ… Быныр фIыми Iейми, абы и дежкIэ ар зэхуэдэу лъапIэщ… ХэвмыгъэщI фи анэхэм я гур. Урысейм и къэкIуэнур зэлъытар нобэ фэ фхэлъ жэуаплыныгъэрщ.
ПэкIум хэтащ КъБР-м и Парламентым и депутатхэри.
«Зэкъуэтыныгъэ» жылагъуэ фондым и тхьэмадэ, КъБКъМУ-м и студпрофкомым и унафэщI Шыбзыхъуэ Нарзанрэ КъБКъУ-м и студент зэгухьэныгъэм и советым и унафэщI Лу Азэмэтрэ щIалэгъуалэр къыхураджащ терроризмэм, экстремизмэм зэкъуэту пэщIэтыну, къызыхэкIа лъэпкъхэм къадекIуэкI хабзэ дахэхэм тету я гъащIэр яухуэну, республикэм и мамыр, зэIузэпэщ псэукIэм зэрахузэфIэкIкIэ я гуащIэ халъхьэну.
ЗэIущIэм и кIэм къэкIуэнум фIыкIэ зэрыхуэплъэм и нэщэнэу шар зэмыфэгъухэр уафэм драгъэлъэтеящ.
ЩхьэщэмыщI Изэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31338.txt"
} |
Кавказым щыIэ хэкIыпIэхэр къагъэсэбэп
Нобэм ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым кIэртIофрэ хадэхэкIыу езыр зыхуеинум хуэдиз къелэжьыж.
ЩIыналъэм зэуэ турист мин 15-м зыщагъэпсэхуфынущ
Къэбэрдей-Балъкъэрым зыхуегъэхьэзыр дызыхуэкIуэ бжьыхьэм экономикэм пыщIауэ екIуэкIыну Iуэху нэхъ ин дыдэм — фокIадэм и 26-м къызэIуахыну «Сочи-2013» XII дунейпсо инвестицэ зэIущIэшхуэм — зэрыхэтынум. КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен къызэрыджиIамкIэ, ар делегацэм и пашэу щытынущ: тенджыз ФIыцIэ Iуфэм Къэбэрдей-Балъкъэрым куэдкIэ узыщыгугъын инвестицэ проект зыбжанэ утыку къыщрихьэнущ, апхуэдэу зыдэлэжьэну лъэныкъуэхэм зэгурыIуэныгъэхэр ярищIылIэнущ. Къанокъуэ Арсен «РГ»-м и корреспондентыр щыгъуазэ ищIащ республикэ бюджетым къыIэрыхьэ дотацэхэр гъэмэщIэным хуэгъэзауэ зэфIагъэкIхэм, апхуэдэу щIыналъэм и курорт-турист IэнатIэм зегъэужьынымкIэ зыхуэплъэхэм.
Къратынум щымыгугъын папщIэ
— КъБР-м къыIэрыхьэ дотацэхэр гъэ къэс нэхъ мащIэ мэхъу. Макроэкономикэ бжыгъэ нэхъыщхьэхэр зэпымыууэ ефIакIуэ зэпытщ. Псори дызэрыщыгъуазэщи, 2012 гъэм кърикIуахэм япкъ иткIэ республикэм и промышленностым къилэжьар абы япэ ита илъэсым елъытауэ проценти 106,8-рэ мэхъу. Ар къэралым щынэхъыфI бжыгъэхэм ящыщщ. Апхуэдэ Iуэхухэр зэвгъэхъулIэн папщIэ сыт хуэдэ Iэмалхэр къэвгъэсэбэпрэ?
— Илъэс зыбжанэ лъандэрэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр яхэтыжкъым Урысейм и щIыналъэхэу егъэлеяуэ дотацэ куэд зыхухаххэм. Сэ 2005 гъэм и фокIадэ мазэм республикэм и Iэтащхьэу сагъэуващ. Абы щыгъуэ финанс Iуэхухэр хуабжьу зэкIэлъымыкIуэт. Бюджет IэнатIэм лэжьапщIэмкIэ щIыхуэу сом мелуан 700-м щIигъу щызэтрихьат, къэрал кIуэцI щIыхуэри сом мелард 1,9-рэ хъурт, абы щыгъуэми бюджетым и хэхъуэхэм ящыщу республикэм къызэригъэпэщыжыфыр ерагъкIэ сом мелардищым яхунэгъэсу арат. Бюджетыр гъэзэщIэным, абы и хэхъуэ, хэщI Iыхьэхэр убзыхуным, къэрал кIуэцI щIыхуэхэр зэблэгъэкIыным пыщIа Iуэху псори Iэрызехьэт. ИпэжыпIэкIэ къэбгъэлъагъуэмэ, абы щыгъуэ си къарур нэхъыбэу зыхуэунэтIауэ щытар кризисым пэщIэтынырщ. Финанс Iуэхухэр зэрызэтеувэжам къыдэкIуэу, иджы утепсэлъыхь хъунущ экономикэм зэпIэзэрыту зэрызиужьым.
Республикэм и бюджет зэгуэтым дотацэу къыIэрыхьэр процент 64,9-м щегъэжьауэ процент 49,9-м нэсу ягъэмэщIащ. Ар зи фIыщIэр налогхэмрэ налог ахъшэу щымыт адрей хэхъуэхэмрэ гъэ къэс нэхъыбэ зэрыхъурщ, дымыпшыныжыну федеральнэ бюджетым къытхуиутIыпщ ахъшэм елъытауэ дэ къызэдгъэпэщыж хэхъуэхэр нэхъ псынщIэу нэхъыбэ зэрыхъурщ. Псалъэм папщIэ, 2011 гъэм елъытауэ налог хэхъуэхэр нэгъабэ проценти 7,3-кIэ къэтIэтыфащ, дымыпшыныжыну къыдат ахъшэр къапщтэмэ, ар проценти 5-кIэ нэхъ мащIэ хъуащ.
Дызэрыт илъэсымрэ абы къыкIэлъыкIуэ илъэситIымрэ ятещIыхьауэ къащта бюджетым хэт бжыгъэхэм нэрылъагъу къыпщащI ди Iуэхур ефIакIуэ зэпыту зэрекIуэкIыр. Апхуэдэурэ дылажьэмэ, 2015 гъэм и кIэухым ирихьэлIэу КъБР-м и бюджетым къыIэрыхьэ дотацэхэр иджыри проценти 10 хуэдизкIэ тхуэгъэмэщIэнущ.
Къэрал щIыхуэхэм республикэм и ахъшэу гъэ къэс щхьэщатыкIхэр куэд хъуркъым, ахэр хэщIхэм я зы процентым нэсыркъым. Абы къыдэкIуэу щIыналъэ бюджетыр нэхъыбэу зытелажьэр социальнэ Iуэхухэрщ. ХэщIхэм я процент 60-м щIигъур хухах егъэджэныгъэм, узыншагъэр хъумэным, социальнэ политикэм. БлэкIа илъэсым теухуауэ а IэнатIэхэм хухахыр проценти 10,2-кIэ нэхъыбэ хъуащ. Апхуэдэу хэхъуащ экономикэмрэ социальнэ IэнатIэмрэ зегъэужьыным трагъэкIуэдэн папщIэ капитал нэхъыщхьэм къыхузэщIагъэуIуэ инвестицэхэм. Iэмал хъарзынэхэр хьэрычэтыщIэ IэнатIэ мыинхэмрэ курытхэмрэ къыхузэрагъэпэщащ икIи абы и фIыщIэкIэ хьэрычэтыщIэхэм я жыджэрагъым нэрылъагъуу хэхъуащ. IуэхущIапIэщIэхэр, цIыхухэр щылэжьэну IэнатIэщIэхэр къызэIуахащ, ахъшэшхуэ трагъэкIуэдащ узыншагъэр хъумэным, егъэджэныгъэм, щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ я IэнатIэхэм зегъэужьыным. Къалэхэмрэ къуажэхэмрэ егъэфIэкIуэным хуэунэтIа программэ пыухыкIахэр зэхалъхьауэ ягъэзащIэ.
— Къэбэрдей-Балъкъэрым зегъэужьынымкIэ нэхъапэ игъэщыпхъэ унэтIыныгъэхэр сыт хуэдэхэра?
— Ди зыужьыныгъэм ехьэлIауэ нэхъапэ игъэщыпхъэу щыIэхэр къыщыгъэлъэгъуащ 2025 гъэм нэсыху Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и социально-экономикэ зыужьыныгъэм и стратегиемрэ 2030 гъэм нэсыху КъБР-м зегъэужьынымкIэ стратегиемрэ. А документхэм япкъ иткIэ зэхалъхьэри, къащтащ 2012 — 2015 гъэхэм республикэм и социально-экономикэ зыужьыныгъэм и программэр. Абы япэ щрагъэщхэм ящыщщ турист кластерым зегъэужьыныр, мэкъумэш сырьем елэжьыныр и лъабжьэу агропромышленнэ комплексым зегъэужьыныр, псэупIэхэр зыубгъуауэ ухуэныр. Гулъытэ хэха худощI республикэм зегъэужьынымкIэ стратегие мыхьэнэ зиIэ Iуэхухэми: ухуэныгъэм ирахьэлIэ материалхэр технологие лъагэхэр и лъабжьэу къыщIэгъэкIыным, электрокъару къэлэжьыным.
— Уэ щIэх-щIэхыурэ къыхыбогъэщ туризмэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и дамыгъэ нэхъыщхьэхэм ящыщу зэрыщытыр. Пэж дыдэу, республикэм хеубыдэ Европэм и щыгу нэхъ лъагэ дыдэ Iуащхьэмахуэ, щIыналъэм зыхуэбгъэдэн щымыIэ псы хущхъуэхэр къыщыщIож. АтIэ курорт-рекреацэ комплексым зегъэужьыным и лъэныкъуэкIэ сыт влэжьрэ?
— 2012 гъэм КъБР-м цIыху мин 200-м нэблагъэм зыщагъэпсэхуащ, мин 15-р нэгъуэщI къэралхэм щыщщ. Иджыпсту республикэм зэуэ къригъэблэгъэфынущ туристрэ зыгъэпсэхуакIуэу мин 15-м нэблагъэ. КъБР-м турист, курорт-рекреацэ комплексым и IуэхущIапIэу реестрым 221-рэ къыщыгъэлъэгъуащ, абы къыдэкIуэу, мы илъэсхэм нэхъыбэ мэхъу апхуэдэ IуэхущIапIэхэр. Иужьрей зэманым къриубыдэу турист инфраструктурэм и IэнатIэу 39-рэ лажьэу яутIыпщащ, иджыри 70 хуэдиз яухуэ.
«Налшык» курортым и закъуэщ йод, бром, сероводород, азот псы хуабэхэмрэ гидрокарбонат-нартий зыхэлъ псы фIэIухэмрэ зэщIыгъуу зиIэ курорту Урысейм и щIыналъэм щыIэр. Ди щIыналъэ мыиным щыIэ апхуэдэ псы къыщIэжыпIэу 18-м жэщ-махуэм псы хущхъуэу литр мелуан 12 къат, ди деж щыIэщ ятIэ хущхъуэгъуэ къызыхах Тамбукъан гуэлыр. Илъэсым щыщу ди щIыналъэм махуэ 300-р щыуэфIщ, щыдыгъэпсщ, къурш щIыналъэм и хьэуари къабзэщ. ЩIыуэпсым и апхуэдэ фIыгъуэшхуэхэр нэгъэсауэ икIи сэбэп пылъу къэгъэсэбэпын хуейщ цIыхухэм я узыншагъэр егъэфIэкIуэн и лъэныкъуэкIэ.
Къэралым и Iэтащхьэхэм я унафэкIэ, зыхуэфащэ федеральнэ программэм хагъэхьащ «Налшык» курортым мелард куэд зи уасэ и хъугъуэфIыгъуэхэр къызэрагъэсэбэпыну щIыкIэр. Зыхуэбгъэдэн щымыIэ ефIэкIыныгъэхэр, узыншагъэр егъэфIэкIуэнымкIэ Iэмалхэр зэриIэм и фIыщIэкIэ, КъБР-м и къалащхьэр псы хущхъуэхэмкIэ узыфэ куэд щагъэхъуж курорт хъуащ. Къэралым и дэIэпыкъуныгъэ игъуэтрэ зыхуэфащэ инвестицэхэри хухахмэ, мы курортыр дунейпсо мыхьэнэ иIэу пхузэтеухуэнущ.
«Налшык» курортыр федеральнэ программэм зэрыхагъэхьам зэфIэкI инхэр къызэIуех сыт и лъэныкъуэкIи тэмэму лэжьэфын, щIэупщIэшхуэ зиIэн, цIыхухэм я узыншагъэр егъэфIэкIуэнымкIэ Iуэхутхьэбзэ нэгъэсахэр зэфIэзыгъэкIыфын санаторэ-курорт комплекс зэтегъэувэнымкIэ. Къэралымрэ цIыху щхьэхуэхэмрэ я мылъкур зэгъэуIуауэ курортым зегъэужьыным трагъэкIуадэмэ, республикэм дэнэ щIыпIи щиIэ пщIэм хэхъуэнущ, абы и инвестицэ щытыкIэр ефIэкIуэнущ.
ЩIыр къазэремэщIэкIырщ жыг хадэхэр щIыхасэр
— ЩIыналъэм и экономикэм и зэхэлъыкIэм къегъэув иджырей технологиехэр нэхъ зыубгъуауэ агропромышленнэ комплексым къыщыгъэсэбэпын хуейуэ. Абы и лъэныкъуэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым лэжьэкIэ гуэр щызэтеува?
— Агропромышленнэ комплексыр республикэм и экономикэр къыдахыжыну узыщыгугъ хъуну IэнатIэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ. Мэкъумэш хозяйствэм мыхьэнэ хэха иIэщ КъБР-м щыпсэухэм ящыщу тIу къэс ещанэм и Iуэхур ефIэкIуэнымкIэ. А продукцэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал кIуэцI валовэ продуктым и процент 28-рэ мэхъу. БлэкIа илъэсхэм зэтеуващ мэкъумэш хозяйствэм и Iуэхур унэтIынымрэ абы ахъшэкIэ дэIэпыкъунымкIэ къэралым къигъэсэбэп Iэмалхэр. Иужьрей илъэситхум къриубыдэу агропромышленнэ комплексым зэрызиужьам тещIыхьа бжыгъэ нэхъыщхьэхэр къапщтэмэ, къыбгурыIуэнущ мэкъумэш продукцэр и уасэхэм я лъэныкъуэкIэ хуэдэ 1,5-кIэ нэхъыбэ зэрыхъуар. Гъавэу кърахьэлIэм хуэдэ 1,2-кIэ, кIэртIофым хуэдэ 1,3-кIэ, гъэшым хуэдэ 1,4-кIэ, лым хуэдэ 1,5-кIэ хэхъуащ. Апхуэдэ бжыгъэхэр къызрикIуар а илъэсхэм къриубыдэу республикэм и мэкъумэш хозяйствэм субсидиехэр къызыхуаутIыпщ кредит ахъшэу сом мелард 27-м щIигъу къызэрыIэрыхьарщ, мы IэнатIэм къэралыр сом меларди 7,6-кIэ къызэрыдэIэпыкъуарщ. Къэралымрэ цIыху щхьэхуэхэмрэ я мылъкур зэщIыгъуу къызэрагъэсэбэпым и фIыщIэкIэ, гъэш, лы къэлэжьынымкIэ, джэдкъаз гъэхъунымкIэ, жыг хадэхэр хэсэнымрэ хадэхэкIхэр гъэкIынымкIэ проект ину, иджырей технологиехэр лъабжьэ зыхуащIа инвестицэ проекту куэд ягъэзащIэу щIадзащ.
Дауи, иджырей лъэхъэнэм Iэмал пэрытхэр къыумыгъэсэбэпу зы IэнатIэми зыпхуегъэужьынукъым. Апхуэдэ дыдэщ мэкъумэш хозяйствэри. Иджырей экономикэм къегъэув продукцэр и уасэкIи и фIагъкIи къезэгъыу, щIэупщIэ иIэу щытын хуейуэ: мэкъумэшхэкIыу куэд къэбгъэкI къудейкIэ Iуэхур дэкIынукъым, ар ща зэрыхъунуми егупсысыпхъэщ икIи республикэм и мэкъумэшыщIэхэр абы фIыуэ щыгъуазэщ. КъБР-м и агропромышленнэ комплексым хиубыдэ предприятэхэр зэпымыууэ макIуэ дунейпсо, урысейпсо гъэлъэгъуэныгъэхэм икIи ди ерыскъыпхъэхэм щIыхь тхылъхэр, медалхэр къыхуагъэфащэ. Ар аргуэру зэ щыхьэт тохъуэ ди мэкъумэш хозяйствэр зэманым къигъэувхэм къазэрыкIэрымыхум, абы иджырей технологиехэр къызэригъэсэбэпым.
Зэман кIыхьым тещIыхьауэ дэ диIэ стратегие мурадхэм япкъ иткIэ, иджырей технологиехэр къыщагъэсэбэп агропромышленнэ комплекс лъэщ зэтедгъэувэнущ. Нобэм ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым кIэртIофрэ хадэхэкIыу езым хурикъужынум хуэдиз кърехьэлIэ.
— Республикэр ирогушхуэ пасэу къызыпыкIэ жыг хадэхэр зехьэн и лъэныкъуэкIэ иIэ ехъулIэныгъэхэм. АтIэ агропромышленнэ комплексым и IэнатIэм хиубыдэу а Iуэхум нэхъ щIегугъум и щхьэусыгъуэр сыт?
— Кавказ Ищхъэрэм и адрей республикэхэми хуэдэу, КъБР-м щIыр къызэремэщIэкIыр гугъуехь нэхъыщхьэхэм ящыщщ. ВапIэхэр щымащIэм и деж мэкъумэш хозяйствэм зегъэужьынымкIэ хэкIыпIэ нэхъыщхьэр щIыр зэрызепхьэ технологиехэр ебгъэфIакIуэу абы къитым хэгъэхъуэнырщ, апхуэдэу гуащIэдэкIым къыпэкIуэ хъерыр къэIэтынырщ. Мис апхуэдэ хэкIыпIэхэм ящыщ зыщ пасэу къызыпыкIэ жыг хадэхэр хэсэныр. АтIэми, ди республикэм и щIыналъэм и щытыкIэмрэ щIым и зэхэлъыкIэмрэ хуабжьу хуокIуэ пхъэщхьэмыщхьэ бэв къэгъэкIыным.
Шэч къытедмыхьэжу жытIэ хъунущ пхъэщхьэмыщхьэ къэгъэкIынымкIэ зыхуеину Iэмал псори республикэм зэрыщызэтеувар. Иужьрей илъэситхум къриубыдэу ди деж пасэу къызыпыкIэ жыг хадэу гектар 2300-рэ щыхасащ, зэрыщыту Урысейм щыIэкъым апхуэдиз зыхузэфIэкIа. Уней лъапсэхэр хэмыту, жыг хадэхэр хэсэным мэкъумэш IуэхущIапIэу, щхьэзакъуэ хьэрычэтыщIэу елэжьхэм я бжыгъэр 50-м щIегъу. Мы IэнатIэм и техникэ лъабжьэри зэтоувэ. Италием къраша технологиехэм тету, питомникхэр гектари 125-м щыхасащ икIи абыхэм жыгыщIэу мелуани 3-м нэблагъэ гъэ къэс хадэщIэхэр хэзысэнухэм иращэфынущ. Къэралым щыяпэу ди деж къыщызэIуахащ жыг хадэхэмрэ жызум хадэхэмрэ къыщагъэсэбэпыну бетон пкъохэр къыщIэзыгъэкI завод.
Къэралым и щIыналъэхэм ящыщу КъБР-м и закъуэщ пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ яхъумэн папщIэ пластикым къыхэщIыкIа ашыкхэр къыщыщIагъэкIыр, апхуэдэу мыгувэу ящIу щIадзэнущ хадэхэр уэм щызыхъумэ хъархэр. Абыхэм ящIыгъуу яухуэ иджырей пхъэщхьэмыщхьэ, хадэхэкI хъумапIэхэр. Республикэм щрагъаджэ пасэу къызыпыкIэ жыг хадэхэм елэжьыну IэщIагъэлIхэр.
Инвестицэхэм я «сэхыр» быдэу щытынущ
— 2013 гъэм КъБР-м сыт хуэдэ инвестицэ проектхэр щагъэзэщIэну?
— Псом япэу къэгъэлъэгъуапхъэщ полимер къабзэхэр къыщIэзыгъэкI «Этана» заводыр ухуэнымрэ (абы и хъуреягъкIэ экономикэ щIыналъэ хэха къызэрагъэпэщыну я мурадщ промышленностым и IуэхущIапIэхэр хиубыдэу) Кавказ Ищхъэрэм и турист кластерым хиубыдэу бгы лыжэ курортхэм зегъэужьынымрэ. А проектитIыр дяпэ илъэс куэдкIэ республикэм и зыужьыныгъэр зыхуэунэтIа «сэхыу» увынущ. Экономикэм и IэнатIэ нэхъыщхьэхэм — промышленностым, агропромышленнэ комплексым, туризмэм псынщIэу заужьынымкIэ лъабжьэр зэтеуващ.
— КъБР-м иригъэкIуэкI промышленнэ политикэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэр сыт хуэдэ?
— Ди промышленнэ политикэм и стратегие нэхъыщхьэр зыхуэунэтIар сырьем елэжь IэнатIэхэм иджырей технологиехэр и лъабжьэу зегъэужьынырщ, щIэныгъэм и къэхутэныгъэщIэхэмрэ иджырей инновацэ лэжьэкIэмрэ къэгъэсэбэпыным зэпымыууэ хуэкIуэнырщ.
СызэреплъымкIэ, КъБР-м и промышленностым хузэфIэкIынур нэхъыбэу зэлъытар фIагъри уасэри тэмэму щызэпэлъыта IэнатIэхэм зегъэужьынырщ. Сэ иджыпстуи лъэныкъуэ езгъэзакъым Къэбэрдей-Балъкъэрыр Урысейм и щIыналъэ нэхъ зызыужьа дыдэхэм ящыщ сщIыну сиIэ мурадышхуэр, абы къыхэкIыу къарууэ збгъэдэлъыр есхьэлIэнущ ар гъэзэщIа хъуным папщIэ.
«Российская газета» газет, №6169 (193), 2013 гъэм шыщхьэуIум и 29-м.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31346.txt"
} |
Нобэ
Ядернэ къызэгъэпэщыныгъэмкIэ IэщIагъэлIым и махуэщ. Урысей Федерацэм и Президентым 2006 гъэм накъыгъэм и 31-м къыдигъэкIа Унафэм ипкъ иткIэ къэралым IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм ягъэлъапIэ.
1775 гъэм Фальконе Этьен Морис и проекткIэ гъэжын щIадзащ Пётр Езанэм и фэеплъ «Гъуаплъэ шууейр».
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, пIалъэ-пIалъэкIэрэ уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 21– 23-рэ, жэщым градус 15 — 17 щыхъунущ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31350.txt"
} |
Тыркумрэ Иорданиемрэ я лIыкIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къыхуоблагъэ
ФокIадэм и 4-м Налшык къокIуэ адыгэ лъэпкъым щыщу Тыркумрэ Иорданиемрэ щыпсэухэм я лIыкIуэ гуп.
Политик ныбжьыщIэхэр, жылагъуэ, щIэныгъэ лэжьакIуэхэр, хьэрычэтыщIэхэмрэ студентхэмрэ ди деж кърагъэблэгъащ Урысей Федерацэр нэхъ гъунэгъуу зрагъэцIыхуным теухуа программэу УФ-м и Президентым къыдигъэкIа Указым ипкъ иткIэ къащтар гъэзэщIэным хыхьэу, апхуэдэуи «Россотрудничество» Федеральнэ агентствэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэмрэ зэдэлэжьэным теухуауэ зэращIылIа зэгурыIуэныгъэм тету. Экономикэ, социальнэ-щэнхабзэ IэнатIэхэм лъагъуэщIэхэр щыпхышыныр, Кавказ Ищхъэрэмрэ Урысеймрэ ипэжыпIэкIэ щыIэ щытыкIэхэр хэIущIыIу щIыныр, ахэр фIы и лъэныкъуэкIэ дунейм къыщегъэцIыхуныр — ахэращ федеральнэ программэм и къалэн нэхъыщхьэхэр.
КъБР-м ХъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министерствэм хьэщIэхэм папщIэ зэхилъхьащ Iуэхугъуэ зыбжанэ. Псалъэм папщIэ, абыхэм Налшык къалэм зыщрагъэплъыхьынущ, Лъэпкъ музеймрэ изобразительнэ гъуазджэмкIэ музеймрэ яшэнущ, республикэм и Парламентымрэ Правительствэмрэ хэтхэм ящыщхэм IуагъэщIэнущ. НыбжьыщIэхэр апхуэдэуи щыгъуазэ ящIынущ республикэм и промышленнэ IуэхущIапIэ нэхъ инхэм я лэжьэкIэм.
Ди хэкуэгъу ныбжьыщIэхэр КъБР-м щыIэнущ фокIадэм и 6 пщIондэ.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, хамэ къэрал щыщ ныбжьыщIэхэм ди деж я щыпэкъакIуэкъым. Апхуэдэу 2012 гъэм Тыркум, Иорданием, Сирием щыпсэу адыгэхэм я лIыкIуэхэр Налшык махуипщIкIэ щыхьэщIауэ щытащ.
ПЩЫГЪУЭШ Iэсият.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31352.txt"
} |
ЦIыху нэхъ лъапIэ щыIэкъым
КъБР-м и Правительствэм и Унэм дыгъуасэ щекIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм деж лъэпкъ проектхэмрэ демографие политикэмрэ хухэхауэ щыIэ советым и зэIущIэ.
ЗэIущIэр къыщызэIуихым, КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен жиIащ сыт хуэдэ къэралми и ехъулIэныгъэр и цIыхухэм елъытауэ зэрыщытыр, абы ипкъ иткIэ иужьрей зэманым демографием гулъытэ хэха хуащI, Iуэху мымащIэхэр зэфIагъэкI зэрыхъуар къыхигъэщащ. УФ-м и Президент Путин Владимир иубзыхуащ 2025 гъэ пщIондэ Урысейм и цIыху бжыгъэм хэхъуэнымкIэ щхьэпэну Iуэхухэр. КъБР-ми щагъэбелджылащ демографием 2015 гъэ пщIондэ зезыгъэужьыну программэ. ЗэфIэхыпхъэхэм ящыщу КъБР-м и Iэтащхьэм зи гугъу ищIахэм хохьэ ди цIыхухэм лэжьыгъэ IэнатIэ яIэныр, къалэшхуэхэм щеджахэм ди республикэм къагъэзэжыным тезыгъэгушхуэн Iуэхухэм егупсысы- ныр.
ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ КъБР-м узыншагъэр хъумэнымрэ курортхэмкIэ и министр Шэт Ирмэ, КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Семэн Пщыкъан. Советым хэтхэм ягъэбелджылащ УФ-м и Президентымрэ КъБР-м и Iэтащхьэмрэ зэфIэкI зыбгъэдэлъ щIалэгъуалэм къэралыр зэрадэIэпыкъу саугъэтыр зратынухэр.
ФокIадэм и 3-м КъБР-м и Правительствэм щекIуэкIа зэIущIэм теухуа тхыгъэ ди газетым и къыкIэлъыкIуэ къыдэкIыгъуэхэм ящыщ зым тетынущ.
Щомахуэ Залинэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31354.txt"
} |
Зэпеуэшхуэм зыхуагъэхьэзыр
Къэщкъэтау дэт стадионым мэрем кIуам щекIуэкIащ «Кавказ джэгухэр» фестивалым и район зэпеуэхэр. Спорт махуэшхуэм зэхуишэсащ гъащIэ узыншэр къыхэзыхыу Шэрэдж куейм и къуажэхэм дэс щIалэгъуалэр.
Зэхьэзэхуэхэм кIэлъыплъыну зэхуэсахэм яхэтащ Шэрэдж муниципальнэ щIыналъэм и щIыпIэ администрацэм и тхьэмадэ Темиржанов Махъты, КъБР-м спортымрэ туризмэмкIэ и министерствэм и къудамэм и унафэщI Анаев Аслъэн, Къэщкъэтау администрацэм и тхьэмадэ Уянаев Азрэт сымэ.
Дэтхэнэри текIуэныгъэм щыхущIэкъу зэхьэзэхуэхэр гуащIэу екIуэкIащ. Абы кърикIуахэмкIэ командэ зэпеуэм бжьыпэр щиубыдащ, сом мин щэщIи лъысащ Жэмтхьэлэ къуажэм и гупым, сом мин 20-рэ етIуанэ увыпIэмрэ зыIэригъэхьащ Къэщкъэтау и командэм, ещанэ увыпIэр къэзыхьа Зэрэгъыж къуажэм и гупым сом мини 10 саугъэту иратащ.
Щхьэзакъуэ зэхьэзэхуэм армспортымкIэ зэпеуэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ зэрэгъыждэс Иуан Альберт (кг 65-рэ), Жэмтхьэлэ щыщ Бэджыдэ Алим (кг 90), Къэщкъэтау и спортсмен Чеченов ТIэхьир (кг 90-м щIигъу). Я хьэлъагъ елъытауэ бгырыпх бэнэкIэм щытекIуахэщ ГъукIэ Хьэбас (Зэрэгъыж), Эфендиев Расул (Къэщкъэтау), Дохъушокъуэ Хьэчим (Жэмтхьэлэ). КIапсэм дэпщеиным щытекIуащ жэмтхьэлэдэс Тхьэгъэлэдж Мурат, башкIэ зекIуэным — Бозиев Елдар (Жэмтхьэлэ), дэлъеин двоеборьем цIыхухъухэм я деж щытекIуащ Аушыджэр щыщ Бэрбэч Альберт, пщащэхэм — къэщкъэтаудэс Мукаевэ — Земфирэ, хьэлъэ гъэIэпхъуэным — Мэкъуауэ Алим (Зэрэгъыж), къару троеборьем — Дохъушокъуэ Хьэчим, хьэлъэ къэIэтыным — Дэхъу Аслъэн, шабзэкIэ уэным: цIыхухъухэм — ГъуэплъащIэ Аслъэн (щыри Жэмтхьэлэ щыщщ), пщащэхэм я зэпеуэм — Мукаевэ Мадинэ (Къэщкъэтау). Эстафетэ зэпеуэм щытекIуащ Аушыджэр икIа гупыр, футбол цIыкIу зэхьэзэхуэм — зэрэгъыждэсхэр.
КIапсэ зэпекъу спорт лIэужьыгъуэмкIэ Къэщкъэтау и гупыр нэхъ лъэщу къыщIэкIащ.
«Кавказ джэгухэр» республикэ зэпеуэр Тэрч къалэм щекIуэкIынущ. Къэщкъэтау щIыналъэм и цIэкIэ абы хэтынущ иджырей зэхьэзэхуэм щытекIуахэр.
Кужоновэ Эльмирэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31358.txt"
} |
Тхыдэ картэхэр
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31362.txt"
} |
ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ (Шэрджэс) Академием хагъэхьахэр
2013 гъэм шыщхьэуIум и 23-м Налшык щызэхэтащ ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ (Шэрджэс) Академием и илъэс Зэхуэсышхуэр. Абы Академием щыхагъэхьащ:
1. ЩIДАА-м математикэ щIэныгъэхэмрэ нано-информацэ технологиехэмкIэ и къудамэм
ЩIДАА-м и действительнэ члену:
1. Шыбзыхъуэ Заур Мухьэдин и къуэр — ЩIДАА-м и член-корреспондентыр, физико-математикэ щIэныгъэхэм я докторыр, РАН-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым прикладной математикэмрэ автоматизацэмкIэ и институтым и щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыжьыр (Налшык)
2. Шумахуэ Мухьэмэд Мишаустэ и къуэр — физико-математикэ щIэныгъэхэм я докторыр, Адыгэ къэрал университетым математикэ анализымрэ математикэр егъэджыным и методикэмкIэ и кафедрэм и унафэщIыр (Мейкъуапэ)
2. ЩIДАА-м энергетикэмкIэ, машинэ щIынымкIэ, механикэмкIэ, IэнатIэхэр зехьэнымкIэ и къудамэм
ЩIДАА-м и действительнэ члену:
1. Балъкъэр Руслан Аслъэнбий и къуэр — ЩIДАА-м и член-корреспондентыр, техникэ щIэныгъэхэм я докторыр, «КIуэкIуэ В. М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университет» профессиональнэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ щрагъэгъуэт федеральнэ къэрал еджапIэм «Мэкъумэш IэнатIэм къыщагъэсэбэп машинэхэм зэракIэлъыплъ, ахэр зэрызэрагъэпэщыж щIыкIэхэр» и кафедрэм и профессорыр (Налшык)
3. ЩIДАА-м медико-биологие щIэныгъэхэмкIэ и къудамэм
ЩIДАА-м и член-корреспонденту:
1. Даур Борис Индрис и къуэр — медицинэ щIэныгъэхэм я докторыр, диплом зиIэхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ Урысей медицинэ академием тхьэмбыл узыфэхэмкIэ и кафедрэм и профессорыр (Москва)
4. ЩIДАА-м жылагъуэ щIэныгъэхэмкIэ и къудамэм
ЩIДАА-м и действительнэ члену:
1. Сэхъурокъуэ Хьэутий Хьэзрит и къуэр — ЩIДАА-м щIыхь зиIэ и академикыр, экономикэ щIэныгъэхэм я докторыр, профессорыр, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэр, «Россельхознадзор»-м и Къэбэрдей-Балъкъэр референт центр» федеральнэ къэрал бюджет IуэхущIапIэм и унафэщIыр (Налшык)
2. Елъыхъу Олег Адэл-Джэрий и къуэр — ЩIДАА-м и член-корреспондентыр, экономикэ щIэныгъэхэм я докторыр, «Кавказ Ищхъэрэ къэрал гуманитар-технологие академие» профессиональнэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ щрагъэгъуэт федеральнэ къэрал еджапIэм менеджментымрэ маркетингымкIэ и кафедрэм и профессорыр (Черкесск)
3. Къэсей Борис СулътIан и къуэр — ЩIДАА-м и член-корреспондентыр, экономикэ щIэныгъэхэм я докторыр, профессорыр, УФ-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм экономикэмрэ хьэрычэт щIэнымкIэ и институтым щIэныгъэ лэжьыгъэмкIэ и проректорыр (Москва)
ЩIДАА-м и член-корреспонденту:
1. Шыбзыхъуэ ФатIимэ Хьисэ и пхъур — философие щIэныгъэхэм я докторыр, профессорыр, «Егъэджэныгъэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэм я Iэзагъэм щыхагъахъуэ Къэрэшей-Шэрджэс республикэ институт» республикэ къэрал бюджет IуэхущIапIэм социологиемрэ философиемкIэ и кафедрэм и унафэщIыр (Черкесск)
ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ (Шэрджэс) Академием щIыхь зиIэ и члену хагъэхьащ Кузнецов Николай Геннадий и къуэр — экономикэ щIэныгъэхэм я докторыр, профессорыр, Ростов къалэм дэт «РИНХ» экономикэ университетым и ректорыр.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31365.txt"
} |
Шэрджэсым и политикэ тхыдэр
ЩIДАА-м и член-корреспондент, Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэрэшей-Шэрджэс институтым и щIэныгъэрылажьэ нэхъыжь Уэз ФатIимэ иджыблагъэ къыдигъэкIа тхылъым ихуащ Шэрджэсым и тхыдэм лъабжьэгъэтIылъ хуэхъуа Iуэхугъуэхэм ятеухуа тхыгъэхэр.
ЩIэныгъэм щыгъэбелджылахэмрэ щIэрыщIэу къагъэсэбэпу зыщIадзэжа тхыдэ напэкIуэцIхэмкIэ щIэгъэбыдэжауэ, ику ит лIэщIыгъуэхэм щыIа къэралыгъуэ хуэщIам и блэкIамрэ иджырей зэманымрэ сэтей къещI тхылъ купщIафIэм. ХIII-ХVI лIэщIыгъуэхэм къриубыдэу Европэм щекIуэкIа дунейпсо зэхущытыкIэхэм Шэрджэсым щиIа увыпIэр къыщыгъэлъэгъуащ Уэзым и лэжьыгъэщIэм.
Гулъытэ хэха игъуэтащ Урыс-Кавказ зауэжьымрэ абы къихьа гукъеуэхэмрэ XIX лIэщIыгъуэм адыгэхэм я щхьэ кърикIуа мухьэжыр Iуэхумрэ. Тхыгъэхэм я нэхьыбэр урысей щIэныгъэ журнал хэм 2010 — 2013 гъэхэм къытехуащ. Арами, тхыдэ тхылъхэм я бжыгъэр апхуэдизкIэ мащIэщи, щIэджыкIакIуэхэр къэгъэнауэ, езы щIэныгъэлIхэми щамыгъуэтыж къохъу. Мы тхылъыр яхуэгъэзащ Шэрджэсымрэ Кавказымрэ я тхыдэр щIэзыджыкI дэтхэнэми. Ар лъабжьэ хуэхъуащ адыгэ бзылъхугъэм и доктор диссертацэм.
Шыпш Даянэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31367.txt"
} |
ЩIэблэм и къэкIуэнум тращIыхь
Шэджэм районым хыхьэ Звездный къуажэм дэт курыт школым япэ кадет класс къыщызэIуахынущ. Псори зэхэту абы щеджэнущ 5-нэ классым кIуэ ныбжьыщIэ 24-рэ.
Кадет классым щIэс цIыкIухэр къыщыхахым къалъытащ ахэр егъэджэныгъэм зэрехъулIэр, драгъэкIуэкIа псалъэмакъхэм кърикIуахэр, езыхэри адэ-анэхэри а Iуэхум зэрыщIэхъуэпсыр.
Кадет ныбжьыщIэхэм я нэхъыбэр дзэм къулыкъу щызыщIэхэм я бынхэрщ, аращи, мы цIыкIухэри я нэхъыжьхэм я лъэужьым ирикъунущ.
Курыт школым щрагъэдж предметхэм нэмыщI кадетхэр щагъэгъуэзэнущ зауэ хуэIухуэщIэхэм епха щIэныгъэхэм. Апхуэдэу кадет классым щIэс дэтхэнэ еджакIуэми и къалэнщ кадет щIыхьым къыхуигъэувхэр игъэзэщIэну.
Языныкъуэ дерсхэр щекIуэкIынущ Звездный жылэм дэт 37/23 дзэ къудамэм. Мыбдежым кадет ныбжьыщIэхэм зыщагъэгъуэзэфынущ Iэщэ зэмылIэужьыгъуэхэм, дзэ техникэхэм, а IэщIагъэм епха нэгъуэщI Iэмэпсымэ куэдми. Зэуэм шэрыуэу трагъахуэу зрагъэсэн папщIэ, абыхэм хуагъэувынущ электроннэ нэщанэ еуапIэхэр.
Сабийхэм ядэлэжьэнущ Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкI егъэджакIуэхэмрэ дзэ къулыкъум къыхэкIыжахэмрэ. Гъэ еджэгъуэр иуха иужь, ахэр зыхурагъэджахэмрэ зыхуагъэсахэмрэ ткIийуэ къапщытэжынущ.
Кадет ныбжьыщIэхэм я щыгъынри зыхуеджэ IэщIагъэм хуэфащэу щытынущ: махуэ къэс ящыгъыну- хэм нэмыщI, махуэшхуэхэм хухэха фащи яIэнущ.
Кадетхэм зрагъэгъуэтыну щIэныгъэмрэ Iэзагъымрэ къащыхуэсэбэпынущ зауэ хуэIухуэщIэхэм щыхуагъасэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм щIэтIысхьэмэ, дзэм къулыкъу щыщащIэкIэ.
КIарэ Элинэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31371.txt"
} |
Сабий 400-м щIигъу япэ классым макIуэ
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31373.txt"
} |
Псалъэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и радиорщ
«Къэбэрдей-Балъкъэр» КъТРК-м и радиор фокIадэм и 1-м щыщIэдзауэ жэщ-махуэкIэ къэмыувыIэу лэжьэнущ. ЛъэпкъыбзэхэмкIэ лажьэ радиостанцхэм ящыщу апхуэдэ зэфIэкI зиIэ хъуар мыращ.
Тэтрокъуэ Астемыр ЩIыпIэ радиом иджы зэпымыууэ къитынущ хъыбарыщIэхэр, жылагъуэ-политикэ, экономикэ, псэуныгъэ, литературэ-драматическэ, щIэныгъэ Iуэхухэм ятеухуа, сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ яхуэгъэза нэтынхэр, апхуэдэуи ди артист цIэрыIуэхэм ягъэзащIэ уэрэдхэмрэ макъамэхэмрэ куэду щIэдэIуну цIыхубэм Iэмал яIэнущ. Радиоэфирым махуэ къэс и хьэщIэщ жылагъуэ, политикэ лэжьакIуэхэр, медицинэм, егъэджэныгъэм, щэнхабзэм, нэгъуэщI IэнатIэхэми я IэщIагъэлIхэр. FM-диапазоным и 99.5 частотам деж республикэ радиор къызэрыщиубыдым и фIыгъэкIэ абы транспортми, лэжьапIэми, унэми, Къэбэрдей-Балъкъэрым и сыт хуэдэ щIыпIэми ущедэIуэфынущ.
Жэщ-махуэм къатыну нэтын курыххэм, нэхъапэми хуэдэу, иджыпстукIэ хухэхар сыхьэти 6 — 7-щ. Илъэсым и кIэ хъуху а бжыгъэр 9 — 12-м нагъэсыну я мурадщ. Абы къыдэкIуэу, Интернетыр къэзыгъэсэбэпхэм папщIэ http://www.allrussia.tv/kabardino-balkarija/radio федеральнэ медийнэ порталым къыщызэIуахащ радиом къитахэр къыщыбгъуэтыну напэкIуэцI.
— Радиом 1985 гъэ лъандэрэ сыщолажьэ, абы и пэ илъэсиплIым телевиденэм сыщыIащи, мы IуэхущIапIэм и гъури и цIыни зылъэгъуахэм сащыщщ, — жеIэ радиом и хъыбарыфIыр къызэрыщыхъуам тедгъэпсэлъыхьыну, я мурадхэм я гугъу едгъэщIыну зызыхуэдгъэза, КъБР-м и радиом и адыгэ редакцэм и унафэщI Тэтрокъуэ Астемыр. — Радиор кIапсэкIэ щылажьэм щыгъуэ ар унагъуэ къэс щIыхьэу, цIыху куэдым зэхахыу щытащ.
ИужькIэ а лэжьэкIэр къэралым къыщакъутэу щIадзэри, къыдэдаIуэхэр икъукIэ мащIэ хъуащ. ИтIанэ хуэм-хуэмурэ зыкъэдужьыжу щIэддзауэ аращ. Иджыпсту радио куэд щыIэщ, абыхэм уахэувэну гугъущ, дамэкIэ IуумыгъэкIуэту щытмэ, куэд пхуэщIэнукъым. Къыхэзгъэщыну сыхуейщ дэ иджыри зы «ауэ» дызэриIэр. Адрейхэм къащхьэщыкIыу дэ ди къалэн нэхъыщхьэщ лъэпкъ щэнхабзэр утыку итхьэну, абы зедгъэужьыну. Ахэр зэрызэдгъэхъулIэфын, ди журналист гуащIафIэхэм ящIа нэтын гъуэзэджэхэри ди мащIэтэкъым, ди фондым иджыпстукIэ дыбгъэдамыгъэхьащэу йокIуэкI армыхъуамэ. Абы хэлъщ спектакль къудейуэ 150-м щIигъу (Iыхьэ щанэ хъуныр сэ езгъэтхауэ), ТIыхъужь Алий, Сонэхэ Мухьэрбийрэ Баширрэ, Къаздэхъу СулътIан, Жыгун Тимэ сымэ хуэдэ артист гъуэзэджэхэр щыджэгуу. Ар мылъкушхуэкъэ?!
— Радиор сыхьэт 24-кIэ лэжьэным хуэхьэзыр? ЛэжьакIуэкIэ, къэвгъэсэбэпыну техникэкIэ жыхуэсIэщ?
— Нэхъыбэу творческэ лэжьыгъэщ мыбы щIэлъри, техникэ и лъэныкъуэкIэ гуныкъуэгъуэшхуэ щыIэу си гугъэкъым, уэрэдхэр, нэтынхэр щыттхын студие диIамэ. Радиом илъэс 20 нэхърэ нэхъ мащIэ щылэжьа адыгэ редакцэм хэткъым. Абы къигъэлъагъуэ си гугъэщ зэфIэкI зиIэ, теплъхьэр зи хьэлъэ лэжьакIуэкIэ дызэрыкъулейр. Дызыщытхъужу къыфщыхъуну сыхуейкъым, ауэ цIыхуиблми зи лэжьыгъэр фIыуэ зымылъагъу, зыгуэрым хуэмыIэкIуэлъакIуэ яхэткъым. Литературэм, театрым, нэгъуэщI унэтIыныгъэхэми хэзыщIыкIхэр, сабийхэм, щIалэгъуалэм ядэлажьэу къэгъуэгурыкIуахэр диIэщ, иджыпстукIэ нэхъ дызыхуэныкъуэр макъамэм щыгъуазэ редакторщ. Къапщтэмэ, радиом и мылъку нэхъ ин дыдэу щытыр уэрэд, макъамэ, пшыналъэ жыхуэтIэхэращ.
Ди къарур зыпэлъэщыр иджыпсту дызэрылажьэращ, нэхъыфI тхуэщIыну къыщIэкIынщ, ауэ абы щхьэкIэ цIыху нэхъыби мылъкукIэ гулъыти дыхуейщ.
Ди пщэ къыдэхуэ къалэнхэр нэхъыбэ щхьэкIэ, редакцэм хэт цIыху бжыгъэр нэхъ мащIэ хъуащ, хъыбарыщIэм, урыс редакцэм цIыху зыбжанэ ягъакIуэри. Мыдрейуэ зэкIэ и гугъу ящIакъым цIыху къэтщтэным, нэтын курыххэм хухах сыхьэт бжыгъэр нэхъыбэ хъумэ, абыи егупсысыну къыщIэкIынщ. ИджыпстукIэ сыхьэти 6-7-м къриубыдэу адыгэбзэкIэ, урысыбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ къата нэтынхэм къытрагъэзэжурэ екIуэкIынуращ.
— ЛъэпкъыбзищымкIи ягъэхьэзыр нэтынхэм эфирыр зэрытрагуэшэнур сыт хуэдэу, Астемыр?
— Зэманым и процент 40-м щIигъур адыгэбзэ нэтынхэмрэ макъамэхэмрэ ейщ, къэнар урыс, балъкъэр редакцэхэм я зэхуэдитIщ. ИпэкIи апхуэдэущ ар зэрыщытар, ар икIи тэмэму къысщохъу.
— Фызытепсэлъыхьу щытахэм иджы щIэуэ, гъэщIэгъуэну къыхэвгъэхъуэнуIа?
— Дэ зи щхьэфэ димыIэбэ щыIэкъым. Нэхъ мащIэр спортыр арати, тхьэмахуэм бзищымкIэ тхуэрытхуэ дакъикъи 10 — 12-кIэ спорт нэтын тщIын хуейуэ къытхухагъэхьащ.
ХъуэпсапIэхэр сытым дежи куэдщ, сэри си лэ-жьэгъухэри абы дыхуэхейкъым. Ауэ адыгэм иIэщ псалъэжь: «Уи тепIэн еплъи, уи лъэр укъуэдий». ЦIыхухэр нэхъыбэу къепшэлIэн, къодаIуэр нэхъыбэ пщIын щхьэкIэ, уэрэдхэр екIуу къыхэпхын папщIэ узыхуейр мащIэкъым. Псалъэм папщIэ, сэ ди макъамэхэмкIэ си гур загъэркъым. Хор дызэримыIэжрэ, уэрэдым и фIыпIэр къыхэзыхыу щыта худсоветыр зэрыщымыIэжрэ, ди Iуэхур екIэкIуащ. Адыгэбзэу щытын хуейкъэ уэрэдым щIэлъ псалъэхэр, макъамэхэрщи, хэт хьэрыпщ, хэти тыркущ. Мыадыгэбзэу куэд утыкум итшащ, псори псынщIэу утыкум ихьэну зэрыхуейм къыхэкIыу. Лъэпкъ щэнхабзэм, гъуазджэм заужьын щхьэкIэ уэрэдыр дэ къыхэтхын хуейщ, иджыпсту езы уэрэдым дэ дыкъыхихыу аращ. Ар зейм къытхуехьри къыдот. НэгъуэщI къызыхэпхын щыщымыIэкIэ, ахъшэ епту къыщыпхуэмыщэхунукIэ, сыт пщIэнур? ФIытэкъэ уэрэдхэм я зэпеуэ тщIыуэ нэхъыфIхэр къыхэтхыну, саугъэт гуэркIи дахуэупсэну.
Щэнхабзэм мыхьэнэуэ иIэр лъэныкъуэ езащ, нэгъуэщI Iуэху къиинхэр, псэуным ехьэлIахэр, нэхъ догъэинри. Щэнхабзэ зыхэлъын хуэмей щыIэкъым, езы цIыхум деж щыщIэдзауэ абы къигъэщI-къилэжьхэм деж нэсыжу. Дэри дызытелэжьэн хуейр ди псэм и щэнхабзэмрэ ди зэхэтыкIэм и хабзэмрэщ. Лъэпкъыр лъэпкъыу къызэтезыгъэнэнур аращ.
Епсэлар
ИСТЭПАН Залинэщ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31376.txt"
} |
Хъыбар зэшыгъуэ
(КIэлъыкIуэр. ПэщIэдзэр №№170, 171-хэм итщ).
ШхапIэм сызэрыщIыхьэу фызыр къызоупщI:
— Катя щIэсакъэ иджыпсту? Сыт-тIэ ди деж къыщIыщIэмыхьар? КъызэрыбгурыIуэнури пщIэркъым ар…
— Мамэ! — йошхыдэ абы Лизэ. — Хуэмеймэ, езым и Iуэхужщ. Лъэгуажьэмыщхьэу дыувын-тIэ?
— УзэрегуакIуэщ, ауэ абы къикIыр дыкъыфIэмыIуэхуу аращ. СыхьэтищкIэ кабинетым щIэсрэ игу дыкъэмыкIыжу. Дыхуэарэзыщ, апхуэдэу нэхъ къищтэмэ.
Варярэ Лизэрэ Катя ялъагъу хъуркъым. Щхьэусыгъуэр сщIэкъым — ар къыбгурыIуэн папщIэ, цIыхубзу ущытын хуей къыщIэкIынщ. Си щхьэр пезгъэупщIынщ, махуэ къэс си аудиторием щыслъагъу щIалэщIэ щэрэ щэ ныкъуэми, тхьэмахуэ къэс сызыхуэзэ лIыжьищэми, нэгъуэщI мыхъуми, зы Катя и блэкIар — дэмыкIуэу уэндэгъу зэрыхъуамрэ нэчыхьыншэу сабий къызэрилъхуамрэ — ялъагъу щIэмыхъум е абы гужьгъэжь щIыхуащIым и щхьэусыгъуэр къызыгурыIуэн къахэкIмэ. Ауэ щыхъукIэ, зы цIыхубзи зы хъыджэбзи сцIыхуркъым зэрымыщIэкIэ е и фIэщу а гурыщIэхэр зыхимыщIэу. Ар къызыхэкIыр цIыхубзыр цIыхухъум нэхърэ нэхъ къабзэу е нэхъ нэмысыфIэу зэрыщытыр аракъым: къабзагъэри нэмысри емыкIум мащIэщ къызэрыщхьэщыкIыр, гурыщIэ бзаджэ ящIыгъумэ. Сэ абы хэслъагъуэр бзылъхугъэхэр зыужьыныгъэм зэрыхуэхейрщ. Насыпыншагъэ щилъагъукIэ, иджырей цIыхухъур зэрыукIытэр, абы зыхищIэ гущIэгъу щхьэхынэр щэнхабзэмрэ зыужьыныгъэмрэ нэхъ япэгъунэгъуу къысфIощI, гужьгъэжьымрэ Iумпэмымрэ нэхърэ. Нобэрей бзылъхугъэхэр курыт лIэщIыгъуэхэм зэрыщытам хуэдэ дыдэу нэкIэпсыжэщ икIи гу Iувщ. ИкъукIэ захуэуи къысфIощI ахэр цIыхухъу гъэсэныгъэ зыхалъхэным тезыгъэгушхуэхэр. Фызым Катя илъагъу щIэмыхъухэм ящыщщ ар актрисэу зэрыщытар, фIыщIэ зэримыщIыр, зэрыпагэр, цIыхухэм зэремыщхьыр, а псом ящIыIужкIэ дэтхэнэ цIыхубзми адрейм къыхигъуэтэфыну мыхъумыщIагъэ къомыр зэрыхэлъыр.
Сэрэ си унагъуэмрэ нэмыщI ди деж щошхэ пхъум и ныбжьэгъу хъыджэбзитI-щырэ Лизэ иужь къит, зышэну зи мурад Гнеккер Александр Адольфовичрэ. Ар илъэс щэщI нэхърэ нэхъыбэ мыхъун щIалэ сырыхущ, къызэрыгуэкI лъагагъ иIэу, пшэр Iейуэ, плIабгъуэу, и тхьэкIумэм деж жьакIагъуэ тетрэ и нэкIу пшэр джафэшхуэр джэгуалъэу къыпфIэзыгъэщI и пащIэ цIыкIухэр лауэ. Абы щыгъщ кIэстум кIэщI дыдэ, кIагуэ къуэлэн, быхъу дыдэу къыщIидзэрэ бгъузэ Iейуэ иухыжу гъуэншэдж зэпрыдз, лъэдакъэ зыщIэмыт вакъэ гъуэжь. Абы и нэхэр къибыргъукIащ, елыркъэшынэщ, и пщэдэлъыр елыркъышым и пщэ цIыкIум ещхьщ, къызэрысфIэщIымкIи, а щIалэм зэрыщыту елыркъыш лэпсымэ къыкIэрех. Ар махуэ къэс ди деж къокIуэ, ауэ си унагъуэм щыщу зыми ищIэркъым ар къызыхэкIари, щеджари, зыхэпсэукIри. Ар макъамэ къызэрыкI Iэмэпсымэ гуэри еуэфыркъым, уэрэди жиIэркъым, ауэ музыкэми уэрэд жыIэнми зыгуэркIэ епхащ. ЗыщIыпIэ зыгуэрхэм я роялхэр щещэ, куэдрэ консерваторием макIуэ, зи цIэ Iуа псори ецIыху, концертхэм унафэ щещI, макъамэ гъуазджэм, адрейхэр зыфIигъэлIыкIыу, топсэлъыхь, гу зэрылъыстамкIи, псори тыншу акъылэгъу къыдохъу.
ЦIыху къулейхэр якIэщIэпсэукIын гуэрхэм къамыухъуреихьу хъуркъым игъащIэми. ЩIэныгъэмрэ гъуазджэмри аращ. Си фIэщ хъуркъым дунейм гъуазджи щIэныгъи тету, мы зиусхьэн Гнеккер хуэдэ щымыщ гуэр якIэрымыщIауэ. Сэ сымузыканткъыми, Гнеккер теухуауэ сыщыуэ къыщIэкIынщ, ар сэ икIи фIыуэ сцIыхуркъым. Ауэ икъукIэ шэчышхуэ къытызохьэ абы хуаIэ фIэлIыкIми, зыгуэрым уэрэд щыжиIэкIэ е роялым щеуэкIэ, и щхьэм пщIэ хуищIыжу бгъэдэту ар абы зэредаIуэ щIыкIэми.
Минрэ лIы зэкIэлъыкIуэуи чэнджэщэгъу нэхъыщхьэуи ущрырет, пхъу уиIэмэ, дунейм теткъым хъыджэбзаплъэм, лъыхъум, фызышэм уи унэмрэ уи гукъыдэжымрэ къыхахьэну зэрызелъафэм ущызыхъумэн. Сэ, псалъэм папщIэ, зикI сесэркъым Гнеккер ди деж щIэсыху си фызым и нэкIур зэрыхиш щIыкIэм, сесэркъым дыхуей дгъуэту фIыуэ дызэрыпсэур езым и нэкIэ илъагъун хуэдэу, абы и закъуэ щхьэкIэ къытрагъэувэ шагъыр лъапIэхэм. Апхуэдэуи схуэхьыркъым Лизэ консерваторием зыщригъэсауэ къыщитхъыурэ дыхьэшхын къызэриублари, цIыхухъу ди деж къыщыщIыхьэкIэ абы и нэхэр зэрызэхуишэ щIыкIэри. Ауэ псом нэхърэ нэхъапэу сэ къызгурымыIуэххэращи, сыт махуэ къэс си деж къакIуэурэ къыщIыздэшхэн хуейр си хьэлми, си щIэныгъэми, си псэукIэми хуэхамэ, фIыуэ слъагъу цIыхухэм зыкIи емыщхь псэущхьэ. «Ар псэлъыхъущ» жаIэурэ фызымрэ унэIутхэмрэ мэIущащэ, ауэ итIани къызгурыIуэркъым сэ ар щIыщысыр. Негр къызбгъэдагъэтIысхьамэ сыкъызэрыуIэбжьыным хуэдабзэщ сэ ар къызэрысщыхъур. КъищынэмыщIауэ, сфIэгъэщIэгъуэнщ сабийуэ сыбжу сызэса си пхъум мо пщэдэлъыр, мо нэхэр, мо нэкIущхьэ щабэхэр зэрыфIэфIыр…
Япэм шэджагъуашхэр фIыуэ слъагъурт е къысфIэIуэхуртэкъым, иджы зэшрэ бампIэрэ фIэкIа абы зыри сигу къигъэкIыркъым. Зи щIыхьыр ин сыхъуу деканхэм сахыхьэу сакъызэрыхэкIыж лъандэрэ, унэм исхэм тшхымрэ дызэрышхэ хабзэмрэ икIэщIыпIэкIэ хъуэжын хуейуэ къалъытащ. Сыщыстудентамрэ дохутыру сыщыщыта зэманымрэ сызэса шхын къызэрыгуэкIхэм я пIэкIэ иджы мылпыж хужь гуэрхэр зыхэсыхь хьэнтхъупс пIытIарэ шагъырым хэлъ жьэжьейхэмкIэ сагъашхэ. Инэрал къулыкъумрэ цIэрыIуагъэмрэ къэгъазэ ямыIэу сыхагъэкIыжащ борщми, дэлэн IэфIхэми, мыIэрысэ гъэжьа зэрылъ къазми, хъудыр зыщIэлъ бдзафэми. Ар дыдэхэм Агашэ, фызыжь псэлъэрей дыхьэшхрилэр, страхащ. Абы и пIэкIэ иджы шэджагъуашхэр Егор, щIалэ тумэ пагэжь цIыкIум, и Iэ ижьым Iэлъэ хужь Iэрыгъыу, къытрегъэувэ. «Антрактхэр» кIэщIщ, ауэ кIэ ямыIэу къыпщохъу, къызэрыбгъэсэбэпынур пщIэркъыми. Япэрей нэжэгужагъэри, Iэнкунагъ зыхэмылъ уэршэрри, гушыIэхэри, дыхьэшх макъри, шхапIэм дыщыщызэхуэскIэ сабийхэри, фызри, сэри дызыгъэпIейтейуэ щыта гуфIэгъуэри иджы щыIэжкъым. Сэ цIыху хущIэмыхьэм си дежкIэ шэджагъуашхэр зыщызгъэпсэхумрэ дыщызэрылъагъумрэ я чэзут, фызымрэ сабийхэмрэ я дежкIэ ар махуэшхуэт. Пэжт, кIэщI дыдэу, ауэ нэхурэ гуфIэгъуэкIэ гъэнщIауэ, а сыхьэт ныкъуэм и кIуэцIкIэ, щIэныгъэри студентхэри къэгъэнауэ, езыхэм я закъуэ фIэкIа сэ зыми сызэрымейр щызыхащIэу. ЩыIэжкъым афIэкIа зы бжьэм чэф сищIыфу щыщыта зэманри, Агаши, хъудыр зыщIэлъ бдзафэри, щыIэжкъым шэджагъуашхэ зэхэвэзэхэжьэ цIыкIухэр къызэрыщIидзэу щыта Iэуэлъауэри, хьэмрэ джэдумрэ Iэнэ лъабжьэм щызэрызехьэу, е Катя и жьэгъур къызэрепхэкIа IэлъэщIыр къыщIэхурэ хьэнтхъупсым хэхуэу щыщытахэр.
Иджырей шэджагъуашхэм утетхыхьынри IэфIкъым, пшхыным хуэдабзэу. Фызым и нэкIур хэIэтыкIащ, зы бэлыхь гуэру фэ зытригъэуамрэ «хабзэм къыхуигъэув къалэнымрэ» къищу. Ар гузавэурэ ди тепщэчхэм къоплъэри: «ЗэрыслъагъумкIэ, лыбжьэр фигу ирихьыркъым… Ирихьыркъым, аракъэ?» — щIоупщIэ. Сэ жэуап естын хуейщ: «Умыгузавэ лейуэ, си псэм хуэдэ, лыбжьэр IэфI дыдэ хъуащ». Ауэ езым: «Уэ сытым дежи укъысщхьэщожри, Николай Степаныч, пэжыр зэи жыпIэркъым. Сыт-тIэ Александр Адольфович афIэкIа щIимышхар?» Зэрышэджагъуашхэу мис апхуэдэ защIэу йокIуэкI. Лизэ къыщитхъыурэ мэдыхьэшхри, и нэхэр зэхуешэ. Сэ абыхэм сеплъурэ иджыпстущ, шэджагъуашхэм дежщ, хьэкъыу къыщызгурыIуэр тIуми я гум щекIуэкI гъащIэр куэд щIауэ си гулъытэм зэрыIэщIэкIар. КъысфIощI си унагъуэ пэж дыдэр си гъусэу си унэ зэгуэр сыщыпсэуауэ, иджы фыз нэпцIым деж хьэщIапIэ сыщыIэу шэджагъуашхэ сщIыуэ, слъагъу Лизэри нэпцIу. ТIуми егъэлеяуэ захъуэжащ. Сэ блэзгъэкIащ а зэхъуэкIыныгъэр зэрекIуэкIа зэман кIыхьри, гъэщIэгъуэнкъым зыри къызэрызгурымыIуэр. Сыт зыщIахъуэжар? СщIэркъым. Бэлыхьыр къызэрыкIар сэ къызита къарум хуэдэ Тхьэм си фызымрэ си пхъумрэ къазэрыримытара къыщIэкIынщ. СызэрыцIыкIурэ сэ зэран хъуфыну псоми сапэщIэувэфу зезгъэсати, быдэфI сыхъуат. ЦIэрыIуагъ, инэралыгъэ, пшхын щыбгъуэт псэукIэм укъикIыу къэблэжьым ущримыкъужым узэрыхуэкIуэм, зиусхьэнхэм якIэлъыкIуэн зэрыщIэбдзэм хуэдэ гъащIэм къыщыхъу хьэлэбэлыкъхэр сэ къызэцырхъа къудейщ, сызэрыщытам хуэдэ дыдэу сыкъэнэжащ. Ауэ нэхъ махэхэм, емыса фызымрэ пхъумрэ, ахэр уэс Iэтэшхуэм хуэдэу къатехуэри зэхапIытIащ.
Пщащэхэмрэ Гнеккеррэ фугэхэмрэ контрапунктхэмрэ, уэрэджыIакIуэхэмрэ пианинэ еуэнкIэ Iэзэхэмрэ, Бахрэ Брамсрэ ятопсэлъыхь, фызым музыкэм химыщIыкIыу гурыщхъуэ къыхуащIынкIэ мэшынэри, гумащIэу яхуэгуфIэурэ: «Ар гъуэзэджэщ… Пэжуи? Дауэ къыпщыхъурэ…» — жиIэурэ мэгурым. Гнеккер фэ тету машхэ, фэ тету мэгушыIэ, пщащэхэм жаIэхэри игу трегъахуэ. Зэзэмызэ абы франджыбзэ мыхьэнэншэкIэ псэлъэну къыхохъыжьэри, зи щIыхьыр ин-кIэ къызэджэн хуейуэ къыфIощI.
Сэ-тIэ си нэщхъыр зэхэукIащ. Тхьэм ещIэ, сакъытехьэлъэ къыщIэкIынщ, езыхэри къыстохьэлъэ. Япэм лъэпкъ зэхэгъэж жыхуаIэр нэгъэсауэ къызгурыIуэу щытакъым зэи, ауэ иджы си фэр тезыхыр мис апхуэдэ гуэрщ. Сэ Гнеккерым хьэл Iей фIэкIа хэзмылъэгъуэну сыхэтщ, ауэ ахэр псынщIэу къызогъуэтри, собампIэ псэлъыхъум и пIэм схуэмыфащэ цIыху зэрыщысым щхьэкIэ. Ар зэрыщысым и зэран нэгъуэщI зыгуэркIи къызокI. Сэ сыщизакъуэм, е фIыуэ слъагъу гуп сащыхэсым деж си ехъулIэныгъэхэм сегупсыс хабзэкъым, сегупсысми, щIэныгъэлI сыщыхъуар дыгъуасэ хуэдэ, ахэр мыхьэнэншэ дыдэу къысщохъу. Ауэ Гнеккер гуэр щыщысым деж, си ехъулIэныгъэхэр бгышхуэу солъагъу, и къуршыщхьэхэр пшэхэм хэкIуадэу, и лъапэм, нэм къиубыд къудейуэ, Гнеккерхэр щызепщып- щэу.
Шэджагъуэ нэужьым кабинетым сыщIохьэжри зы тутын щIызогъанэ, махуэ псом, пщэдджыжьым щыщIэдзауэ пщыхьэщхьэ хъуху, Iугъуэ зэрыдрезгъэхуейуэ щыта хьэлым щыщу къысхуинауэ. Тутын сыщефэкIэ фызыр къыщIохьэри къызэпсэлъэну мэтIыс. Пщэдджыжьми ещхьу, абы щIимыдзэ щIыкIэ сощIэ дызытепсэлъыхьынур.
— Ди фIэщу дызэмыпсалъэу хъунукъым уэрэ сэрэ, Николай Степаныч, — щIедзэ абы. — Сэ Лизэщ зи гугъу сщIыр… Сыту гу лъумытэрэ?
— Сыт ар?
— Уэ зыри умылъагъуу фэ зытыбогъауэ, апхуэдэу хъунукъым. Зыгуэр къыпфIэIуэхун хуейкъэ… Гнеккер Лизэ мурад гуэрхэр къыхуиIэщ… Сыт жыпIэн?
— Ар хьэбыршыбыру схужыIэнукъым, сцIыхуркъыми, ауэ сигу зэрыримыхьыр минрэ бжесIащ.
— Апхуэдэу хъунукъым… хъунукъым…
Ар къотэджри гузавэурэ къекIухь.
— Мыхьэнэ зиIэ Iуэхум апхуэдэу ухущыт хъунукъым… — жеIэ абы. — Пхъум и насыпым псори щелъытам деж уи щхьэ Iуэхур IугъэкIуэтын хуейщ. СощIэ, ар уэ уигу ирихьыркъым… Хъунщ… Иджыпсту ар дымыдэмэ, псори зэтеткъутэмэ, Лизэ и гъащIэ псом димыгъэкъуэншэжыну ущыхьэт? Иджы апхуэдэу лъыхъу куэд Iеи щыIэкъым, нэгъуэщI зыдэкIуэн къыкъуэмыкIыжынри хэлъщ… Абы Лизэ фIыуэ къелъагъу, езыми игу ирихь хуэдэщ… Пэжщ, IэнатIэ гуэри иIэкъым, ауэ лIо-тIэ пщIэнур? Тхьэм жиIэмэ, зэман дэкIмэ зыгуэр къигъуэтынщ. Ар унагъуэ хъарзынэм къыхэкIащ икIи къулейщ.
— Дэнэ уэ ар щыпщIэр?
— Езым жиIащ. И адэм Харьков дэту унэшхуэ, къалэм и Iэгъуэблагъэхэм лъапсэ щиIэщ. Сытми, Николай Степаныч, Iэмал имыIэу Харьков умыкIуэу хъунукъым.
— Сыт щхьэкIэ?
— КъыщыпщIэнщ абы… Уэ абы профессор цIыхугъэхэр ущиIэщ, ахэр къыбдэIэпыкъунщ. Сэ езыр сыкIуэнт, ауэ сэ сыцIыхубзщ. СыкIуэфынукъым.
— СыкIуэнукъым сэ Харьков, — жызоIэ си нэщхъыр зэхэукIауэ.
Фызыр мащтэри и нэкIум хьэзабышхуэ къощ.
— Тхьэм щхьэкIэ, Николай Степаныч! — мэлъаIуэ ар къызэфIэнауэ. — Тхьэм щхьэкIэ мы хьэзабыр сщхьэщых! Схуэхьыжкъым!
Сэ абы си гур мыузу семыплъыжыфу сохъу.
— Хъунщ, Варя, — жызоIэ щабэу. — УзэрегуакIуэщ, сыкIуэнщ Харькови, узэрыфIэфI дыдэм хуэдэу сщIынщ.
Абы и нэм бэлътокур кIэрекъузэри гъыну и пэшым щIохьэж. Си закъуэ сыкъонэ.
ТIэкIу докIри уэздыгъэ къыщIахьэ. Шэнтиуэхэмрэ уэздыгъащхьэмрэ куэд щIауэ сужэгъуа я ныбжьхэр блынхэмрэ лъэгумрэ кIэредзэри, абыхэм сащеплъкIэ, жэщ хъуауэ си жейемызэгъ угъурсызым щIидзэ къысфIощI. ПIэм согъуэлъ, итIанэ сыкъотэджыжри пэшым къыщызокIухь, аргуэру согъуэлъ… Шэджагъуэ нэужьым си бампIэр и щытыкIэ нэхъ гуащIэ дыдэм ихьэ хабзэщ. Сэ щхьэусыгъуэ симыIэу гъын щIызодзэри, си щхьэр щхьэнтэ лъабжьэм щIызоIу. Абдежым зыгуэр къыщIыхьэнкIэ сошынэ, сошынэ напIэзыпIэм сылIэнкIэ, си нэпсхэм сытоукIытыхь, сытми, схуэмышэчыж гуэру мэхъу. Сэ къызгуроIуэ адэкIэ си уэздыгъэри, си тхылъхэри, лъэгум тридзэ ныбжьхэри зэрысхуэмыхьыжынури, хьэщIэщымкIэ къыщIэIукI макъхэм сызэремыдэIуэжыфынури. Зы къару нэрымылъагъу гъэщIэгъуэн гуэр пхъашэу къызэIунщIурэ фэтэрым сыкъыщIеху. Сыкъыщолъэт, псынщIэу зызохуапэри, унэм щIэсхэм гу къыслъамытэн хуэдэу, щIыбым сыкъыщIокI. Дэнэ сыздэкIуэнур?
А упщIэм и жэуапыр куэд щIауэ си гум илъщ: Катя деж.
ЗэзыдзэкIар ЧЭРИМ Марянэщ.
(КъыкIэлъыкIуэнущ).
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31380.txt"
} |
Ноби щапхъэщ
Къэбэрдей-Балъкъэрым и гидроэнергетикэм и тхыдэм увыпIэ нэхъыщхьэ щызыIыгъ Бахъсэн ГЭС-м и япэ гидроагрегатыр щрагъэжьа 1936 гъэм и фокIадэ мазэм ар илъэсищ ирикъуа къудейт. Абы щыгъуэ хэт ищIэнт Зеикъуэ къуажэжьым щыщ Къущхьэ Сэхьид и бынхэм я нэхъыщIэ Мухьэжид и гъащIэ псор энергетикэм зегъэужьыным ирипхыну.
ГЭС-р зытращIыхьа Бахъсэн псы хъыжьэр Алэщокъуэ бгыжьым и дыгъафIэ нэкIум ирашэкIыу ХьэтIохъущыкъуей Ищхъэрэ къуажэм и щIыбым къыдэт къыр лъагэм къызэрырагъалъэрэ зэманыфI дэкIащ. Хъерышхуэ къихьу илъэс 77-рэ хъуауэ электростанцыр мэлажьэ. А цIыхуIэрыкI гъуэзэджэр зи IэдакъэщIэкIхэм я щапхъэм тету, абыхэм я IуэхущIафэм пищэу, хуэфащэ лэжьыгъэ зэфIихыу къэгъуэгурыкIуащ нобэ зи ныбжьыр илъэс 80 ирикъу Къущхьэ Мухьэжид.
Мухьэжид 1933 гъэм фокIадэм и 5-м къалъхуащ. НэгъуэщI куэдми хуэдэу, и сабиигъуэр Хэку зауэшхуэмрэ абы и ужь лъэхъэнэ хьэлъэмрэ хиубыдащ. Хабзэрэ нэмысрэ зэрылъ унагъуэ зэгурыIуэм къыщыхъу ныбжьыщIэр, классибл школыр къиуха нэужь, къэралым и мылъкукIэ Налшык къыщызэIуаха республикэ интернатым щIотIысхьэ икIи фIы дыдэу къеух. Пединститутым щеджэну и нэ къыхуикIми, и шынэхъыжьхэу Хэку зауэшхуэм жыджэру хэта, партым и Тэрч райкомым и япэ секретарь КIыщыкъуэрэ гъащIэм и хабзэм пасэу хэгъуэза Гъумаррэ я чэнджэщкIэ энергетик IэщIагъэр къыхех. А щIыкIэм тету, Зерноград къалэм механизацэмрэ электрификацэмкIэ дэт еджапIэ нэхъыщхьэм щIотIысхьэ. Ар 1950 гъэрт. Нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм зэхакъута IэнатIэхэр къэIэтыжыным къаруушхуэ щрахьэлIэ зэмант. ЦIыхухэр ерыскъыншэт, щыгъыныджэт, нэгъуэщI куэдым хущыщIэрт. Мис а лъэхъэнэм и щIыналъэм пэIэщIэу Мухьэжид илъэситхукIэ еджащ, гугъуехьхэми, лъэпощхьэпохэми къапикIуэтакъым. ЩIэныгъэм зэрыхуэнэхъуеиншэм, зэрыхуэжыджэрым пасэу гу лъатэри, япэщIыкIэ зыхэс гупым и комсоргыу хахащ, къыкIэлъыкIуэ илъэсхэм факультетым и комсомол комитетым пщэрылъ зэмылIэужьыгъуэхэр щигъэзэщIащ.
Еджэнми, жылагъуэ лэжьыгъэми пщIэ щиIэу, энергетик IэщIагъэмкIэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ зригъэгъуэтауэ къегъэзэжри, Саратов къалэм и проект институтым и Налшык къудамэм мэув. Iуэхум хуэIэижьу зыкъэзыгъэлъэгъуа инженер-энергетик щIалэм къыхилъхьэхэр къагъэсэбэпу хуожьэ. Куэдым хуэIэрыхуэти, Мухьэжид и зэфIэкIым зыкъызэкъуих зэпытт. Къапщтэмэ, Iэщ гъэхъуным и IэнатIэхэр механизацэ щIыным, IэмалыщIэхэм хуэгъэкIуэным къаруушхуэ ирихьэлIащ. Къущхьэр къызэгъэпэщакIуэфIт икIи жэрдэмщIакIуэт. НэгъуэщI IэнатIэхэр щыхуагъэлъагъуэм, и къулыкъукIэ щагъэкIуатэм, дауи, ар къамылъытэу къэнакъым. ЯпэщIыкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым цIыхубэ хозяйствэр электрификацэ щIынымкIэ и управленэм и инженер нэхъыжьу, къудамэхэм ящыщ зым и унафэщIу, инженер нэхъыщхьэу, а IуэхущIапIэм и тхьэмадэм и къуэдзэу ягъэув. Абы и лэжьэкIэр, и Iуэху зехьэкIэр щапхъэт. Куэдым тегушхуэрт икIи зригъэхъулIэрт. ЩIэныгъэр и лъабжьэу къыхилъхьэхэм мыхьэнэшхуэ зэраIэр къагурыIуэу, ищхьэмкIи къыщыдащтэрт. Абыхэм ящыщ зыт Совет (Шэрэдж) районыр электрификацэ щIыным теухуа лэжьыгъэшхуэр. Пщэрылъ къыщащIа къалэн гугъум жэуаплыныгъэ хэлъу еувалIэри, зытраухуа пIалъэм къитIасэу, фIагъ лъагэ яIэу а куейм электростанцхэр щиухуащ. Къэщкъэтау, Мухол станцхэр бгылъэ щIыпIэ къуейщIейхэм щыгъэувыныр къызэрыгуэкIтэкъым. Арами, Къущхьэм и IэщIагъэлIхэр абы гъуэзэджэу пэлъэщащ, жылагъуэхэм уэздыгъэр хузэщIагъэнащ. Абы папщIэ, 1967 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и ЩIыхь тхылъ къыхуагъэфэщауэ щытащ.
Зэрылажьэм хуэдэурэ, Мухьэжид ЦIыхубэ IэнатIэм и унафэщIхэм я IэщIагъэм щыхагъахъуэу Свердловск къалэм дэт институтым щоджэ, инженер курс нэхъыщхьэхэр къеух икIи и зэфIэкIым нэхъри зригъэубгъуу хуожьэ. Энергетикэмрэ электрификацэмрэ пыщIауэ абы игъэзащIэ проектхэр республикэм и зыужьыныгъэм дежкIэ хэлъхьэныгъэшхуэт. Ар къалъытэри, 1973 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр электросетым и тхьэмадэ къулыкъур дзыхь къыхуащI. А IэнатIэр щрихьэкIа зэман кIыхьым къриубыдэу абы и унафэм щIэту станц, подстанц куэд яухуащ, къэралпсо гъэлъэгъуэныгъэхэм я лэжьыгъэфIыр мызэ-мытIэу къыщалъытащ.
Къущхьэ Мухьэжид илъэс 50-м нэскIэ энергетикэм и IэнатIэм пэрытащ. Зэреджэр яхъуэжурэ къекIуэкIа «Къэббалъкъэлектросеть» производственнэ зэгухьэныгъэм и лэжьыгъэр илъэс 30-кIэ иунэтIащ. И гуащIэдэкI хьэлэлым къыпэкIуэу Мухьэжид къыхуагъэфэщащ СССР-м, РСФСР-м, КъБАССР-м щIыхь зиIэ я энергетик, «СССР-м энергетикэмрэ электрификацэмкIэ и отличник» цIэ лъапIэхэр, «ЩIыхьым и дамыгъэ» орденрэ нэгъуэщI къэрал дамыгъэхэмрэ.
Пенсэм щысми, жылагъуэ гъащIэм щыжыджэрщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым электроэнергетикэм зэрызыщиужьам, а Iуэхушхуэм хэлIыфIыхьахэм, и лэжьэгъуу щытахэм, нэгъуэщIхэми ятеухуауэ тхылъипщI итхащ.
Зи ныбжьыр илъэс 80 ирикъу Къущхьэ Мухьэжид сохъуэхъу зи тхьэмадэ и унагъуэ дахэм узыншагъэ быдэ илъыну, и щIэблэм и гуфIэгъуэ куэд илъагъуну, дяпэкIи и мурадхэм къыхузэпищэну.
ПЩЫБИЙ СулътIан,
Ветеранхэм я Къэбэрдей-Балъкъэр зэгухьэныгъэм хэт.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31383.txt"
} |
И ныбжьэгъухэм жаIэ
ЗэрысцIыху лъандэрэ
Мухьэжидрэ сэрэ зы хьэблэм дыкъыщалъхуащ, дыщапIащ, зы партэм дыдэсу дыздеджащ. И адэ-анэм, и къуэш нэхъыжьитIым яхуэфащэу, абыхэм я жыIэмрэ я щапхъэмрэ и гъуазэу нобэм къэсащ. Ди гъури ди цIынэри зэрыщIэрт. Еджэным хуэжант, и ныбжьэгъу цIыкIухэр фIыуэ илъагъурт, дэтхэнэми дэIэпыкъуну, зыщIигъэкъуэну хьэзырт. ЗэрысцIыху лъандэрэ нэхъыжь и псалъэ тIу ищIауэ е и губгъэн къихьауэ къысхуэщIэжыркъым. Зэманышхуэ дэкIами, абы пэжагъыу дэслъэгъуар сщыгъупщэркъым, дапщэщи сфIэлъапIэщ. Республикэм и IэнатIэ нэхъ гугъу дыдэхэм ящыщ зым зригъэужьащ, къэрал псом цIэрыIуэ щищIащ. Абы и щыхьэтщ и гуащIэм къыпэкIуа дамыгъэ лъапIэхэр.
Зи илъэс 80-р нобэ зыгъэлъапIэ си ныбжьэгъу Къущхьэ Мухьэжид сохъуэхъу иджыпсту хуэдэу жыджэру, гушхуэныгъэ хэлъу дунейм тетыну, и лъэпкъымрэ и Iыхьлыхэмрэ куэдрэ яхуэпсэуну. Илъэсищэ гъащIэ Тхьэм къуит, си къуэш!
МЭРШЭНКЪУЛ Хьэсэнбий,
Бахъсэн районым егъэджэныгъэмкIэ и IуэхущIапIэм и унафэщIу лэжьа.
Шэч къытесхьэркъым
И хьэл-щэнкIэ, и дуней тетыкIэкIэ абы къыпэхъун къэгъуэтыгъуейщ. Илъэс 60 хъуауэ дызэныбжьэгъущ, дызэкIэлъокIуэри, хабзэм щытекIа, и пщIэр щимыIыгъыжа къэхъуакъым. Узыхуэгузавэ щыIэмэ, зыкъыпщIигъэкъуэну хьэзырщ. Зэкъым е тIэукъым абы лэжьыгъэ IуэхукIэ сызэрыхуэзар. Къапщтэмэ, Зеикъуэ къуажэм дэт школ-интернатым куэдрэ къыдэIэпыкъуащ. И жылэжьыр, къызыдэкIа хьэблэр зэи зыщигъэгъупщэркъым. Абы щыпсэухэр езыр къызыхэкIа лъэпкъым щыщхэм хуэдэу фIыуэ елъагъу. Къущхьэ Мухьэжид лъэужь дахэ, угъурлы мы гъащIэм щыпхишащи, ар и щIэблэм гъуазэ зэрахуэхъунум шэч къытесхьэркъым.
Мы Iэмалыр къэзгъэсэбэпу си ныбжьэгъу Iумахуэм сохъуэхъу мы дунейм дяпэкIи гу щихуэну, къыщалъхуа махуэ куэд узыншэу игъэлъэпIэну.
КЪАСКЪУЛ Iэбубэчыр,
Зеикъуэ къуажэм и Iэтащхьэу щыта.
А зэманыр ди дежкIэ гуимыхужщ
Дэ тIури Мухьэжиди дызэхьэблэт. Зы унагъуэм хуэдэу дызэдэпсэуащ, дыкъыздэхъуащ, ди сабиигъуэм гугъуехь Iэджи зэдэдгъэващ. Щыри дызэдэIэпыкъурт, зэрытхузэфIэкIкIэ зызэщIэдгъакъуэрт, дызэрыхъумэжырт, хьэлу Iыхьэр зэдэдгуэшырт. Нобэ ди ныбжьыр хэкIуэтами, зыри тщыгъупщакъым, а зэманыр ди дежкIэ гуимыхужщ.
ГущIэгъу хэлъу, и сэбэп цIыхухэм яригъэкIыу илъэс 80 къэзыкIуа ди ныбжьэгъуфIым дохъуэхъу адэкIи къыхупищэну, и Iэ-и лъэр жану, узыншэу и щIэблэм куэдрэ яхэтыну.
ЩАУЭ Ждинрэ
УЕТ Аслъэнбийрэ,
егъэджакIуэхэщ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31387.txt"
} |
ФIым фIым ухуешэ
Ираф районыр Осетие Ищхъэрэм и гъунэм щыIэщ, цIыху мин 20 хуэдиз щопсэу. Мы щIыпIэр адрейхэм къапыщхьэхукIа хуэдэщ, щыпсэухэри муслъымэн диным нэхъ ткIийуэ тетщ. Ахэр республикэм и къалащхьэм куэдрэ макIуэ Iуэхутхьэбзэ зэмылIэужьыгъуэхэм щIэлъэIуу: клуб тхуэвухуэ, диIа псэукIэр зэфIэвгъэувэж, фыкъыддэIэпыкъу… Республикэм и правительствэм и унафэщIым и япэ къуэдзэ Таболов Сергей къелъытэ мы районым и зыужьыкIэр къызэтеувыIауэ. Iуэхур зыIутыр зэдгъэщIэн папщIэ дэ абы дыщыIащ.
ЛъэныкъуитIымкIи
Район IуэхущIапIэхэр здэщыIэр Чикола къуажэрщ. Зэгуэр ар щытащ Кавказ Ищхъэрэм и ислъам центрхэм ящыщ зыуэ. Жылэр дэсщ а цIэ дыдэр зезыхьэ псым зэпиупщI къуэ дахащэм. Къэбэрдей-Балъкъэрым пэгъунэгъу дыдэщ, абы къыхэкIыу мы жылэм щызекIуэ хабзэхэм быдэу зэпещIэ республикитIыр. Ираф щыпсэухэр куэдрэ хьэщIапIэ макIуэ Владикавказ е Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу я Iыхьлыхэм я деж. Зэгуэр мыр цIэрыIуащ Мысырымрэ Сауд Хьэрыпымрэ щIэныгъэ щызэзыгъэгъуэта Iимамхэм я лъахэу зэрыщытымкIэ. абыхэм щIалэгъуалэр тхыбзэм хурагъаджэрт. ЦIыхухэр духьэшыхэм я деж кIуэрт гъащIэ IуэхухэмкIэ ечэнджэщыну. ЖыпIэнурамэ, ар иджыри апхуэдэу къэнащ.
— Дэ зэгъусэу къэтлъыхъуэу щIэддзащ Чикола район сымаджэщымрэ Лэскэн къуажэм щыIа колхозым и IуэхущIапIэмрэ зэрызэдгъэпэщыжыну ахъшэ, — жеIэ РСО-Аланием и правительствэм и унафэщIым и япэ къуэдзэ Таболов Сергей. — Республикэ бюджетым сом мелуанипщI къыхэтхащ. Ахэр псом япэу зытрагъэкIуэдэнур узыншагъэр хъумэным егъэщIылIа IэнатIэм зегъэужьынырщ.
Лэскэн къуажэм и совхозу щытам и IуэхущIапIэр еуэ-еIэкIэ зэрагъэпэщыж. МэпIащIэхэр: мазитI нэхъ дэмыкIыу мыбы къыщызэIуахын хуейщ амбулаторэ. Хэт транспорткIэ, хэти ахъшэкIэ къадоIэпыкъу. Махуэ стационарым щылэжьэнущ районым и ахъшэкIэ ирагъэджа дохутырхэмрэ медицинэ лэжьакIуэ нэхъыщIэхэмрэ. ЖытIэнщи, апхуэдэ тхылъ яIыгъыу дохутырхэми, егъэджакIуэхэми, агрономхэми ягъэзэжын хуей хъунущ Ираф.
Чикола сымаджэщым и хирургие къудамэм ухуакIуэхэр щоIэуэлъауэ. Властхэр хуейт мы Iуэхум инвесторхэр къыхашэну, арщхьэкIэ зэкIэ лэжьыгъэ псори ирагъэкIуэкI республикэ бюджетым и хьэкъкIэ.
ЛъхуапIэ къудамэр лажьэу яутIыпщащ мазэ и пэкIэ. А зэманым дунейм къытехьа сабии 10-м ящыщу 8-р хъыджэбз цIыкIущ. Ящыщ зыр дунейм къытехьащ дыкъыщыкIуа дыдэм.
— Хъыджэбз цIыкIур узыншэщ, и анэри апхуэдэщ, — къыджиIащ дохутыр нэхъыщхьэ Боллоевэ ФатIимэ икIи и гуапэ зэрыхъур белджылыуэ щIигъужащ. — Ди IуэхущIапIэм дунейм къыщытехьэ сабийхэр сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей худогъазэ.
Пелуанхэм
я лъахэ
КъыхэгъэщхьэхукIын хуейщ мы лъахэм зауи, зэпэщIэувэныгъи, уеблэмэ къаугъэи зэи зэрыщымыIар. Лъэпкъ зэщыIеиныгъэхэм я гугъу тщIыххэнкъым. ЩIыпIэм щыпсэухэр ирогушхуэ бэнэкIэ хуитымкIэ щэнейрэ олимп чемпион Фадзаев Арсен зэракъуажэгъум. Ираф и щIэблэр хуейщ абы ещхь хъуну.
Чикола и гъунэгъу Лэскэн къуажэм аргуэру къыщызэщIэрыуащ спортсмен куэд. Мыгувэу къуажэм и спортзалым и пщIантIэм къыдэхутэнущ губгъуэ IэрыщI. Ар яухуэ республикэм и правительствэм зэхилъхьа программэм ипкъ иткIэ.
— Спортзалым и закъуэщ дерс нэужьхэм школакIуэхэр я гуапэу здэкIуэр, — жеIэ Ираф районым и администрацэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр зыгъэзащIэ Бекмурзов Валерий.
Абы щыгъуазэ дыхуищIащ Лэскэни Сурх-Дигораи волейбол, футбол цIыкIу, баскетбол утыку зэIухахэр щаухуэу зэрыщIадзам. Къуажэдэс ныбжьыщIэхэм яIэн хуейщ я къарур здынэсыр къыщагъэлъэгъуэн.
Езыхэм я бзэ
щхьэхуэ
Мыбы щызопсалъэ езыхэм я бзэ щхьэхуэкIэ икIи я жагъуэ ящI зыгуэрым абы щхьэкIэ «осетиныбзэм и дигор къэпсэлъыкIэ» жиIэмэ. А щхьэусыгъуэм къыхэкIыу РСО-Аланием илъэс куэд хъуауэ къыхуэщтэркъым бзэм теухуа закон. Куэдым къагъэув дигорыбзэм осетиныбзэм и къарур егъэгъуэтын хуейуэ. Адрейхэм къалъытэ зы республикэм бзитI щыIэн хуэмейуэ. ЩIыпIэм щыпсэухэр къабзэу иропсалъэ осетиныбзэми, урысыбзэми, дигорыбзэми, языныкъуэхэр, уеблэмэ адыгэбзэми хуэхейкъым. Ауэ абы щыгъуэми, псори фIыуэ щызэгуроIуэ. ЩIыдгъужынщ мыбы уэрэд нэщхъейхэр фIыуэ зэрыщамылъагъури: фIым фIым ухуешэ.
ЩIэблэщ
нэхъыщхьэр
Ираф районым иIэр еджакIуэ минитI къудейщ. Абыхэм ящыщ зыкъомыр унагъуэ хуэмыщIахэм щопсэу — адэ-анэ куэдыр IэнатIэншэщ. Абы къыхэкIыу школхэр еджапIэ къудейкъым, атIэ щIалэгъуалэм я нэгузегъэужьыпIэщ.
«Егъэджэныгъэ программэм ипкъ иткIэ, школхэм щIагъэуващ партэщIэхэр, шэнтхэр, компьютерхэр, нэгъуэщI Iэмэпсымэхэр. Электрон журналхэр къежьащ. АрщхьэкIэ хэт езыгъэджэнур?
— Мыгувэу дэ дыщыщIэнущ математикэмкIэ, физикэмкIэ, алгебрэмкIэ, химиемкIэ езыгъэджэнухэм, — мэгузавэ Ираф районым егъэджэныгъэмкIэ и IэнатIэм и унафэщI Батоев Тамерлан.
Ираф и егъэджакIуэхэм ику иту я улахуэр сом мин 13-щ зэрыхъур. Абы къы-хэкIыу къалэм Iэпхъуэну зи мурад ныбжьыщIэхэр ямыутIыпщыну хущIокъу. Сом минищ я улахуэм хущIагъу.
— Дэ ди школхэр цIыкIущ. Абыхэм ящыщу тIур бгы лъагэ щIыпIэхэм щыIэщ, — къыджеIэ Батоевым. — ИлъэсийкIэ фIэкIа щрамыгъаджэ школхэри диIэщ, ауэ ахэр мыгувэу курыт хъунущ.
Абы дэ дигъэцIыхуащ Хъазнидон курыт школым урысыбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэдж Гекиевэ Жаннэ. Хъыджэбзыр ирогушхуэ и гъэсэнхэр Пушкинымрэ Есенинымрэ я усэхэм фIыуэ зэрыщыгъуазэм. Абыхэм ящыщ Сосрановэ Фаризэт, уеблэмэ уры-сыбзэмкIэ урысейпсо олимпиадэм хэтащ икIи абы щIыхь тхылъ къыщра- тащ.
ЛАЦОЕВ Мурат,
Владикавказ.
«Российская газета»
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31390.txt"
} |
Америкэм дыкIэлъоIэ
Урысей Федерацэм тхылъымпIэ паспортхэр 2030 гъэм щызекIуэжынукъым.
Америкэм хуэдэу дыпсэунущ — ди тхылъ псори зэзыхъуэкIыну пластик картэхэр ди жып илъу.
2030 гъэм нэсыху дызыхуэкIуэнур къыдгуригъэIуащ Федеральнэ миграцэ IэнатIэм и унафэщI Ромодановский Константин. Абы и псалъэхэм ятепщIыхьмэ, а зэманым Урысейм щыIэжынукъым тхылъымпIэм къыхэщIыкIа паспорт. ЦIыху псоми иратынущ пластик картэ цIыкIухэр. Абыхэм хаухуэнэнущ цIыхум егъэщIылIа хъыбар псори къэзыIуатэ микрочипхэр. Картэр зыуэ щытыну тхылъщ, абы итынущ ИНН-р, страховой номерыр, уеблэмэ Iэпхъуамбэхэм я IэпапIэхэри. Абы зэрихъуэкIыну къыщIэкIынущ автомобиль зебгъэкIуэну узэрыхуитымкIэ тхылъри.
— Ар Iуэху щхьэхуэщ икIи абы егупсысын хуейщ, — жиIащ Ромодановскэм.
Зи гугъу тщIы картэхэр къыщIагъэкIыу щIадзэнущ 2016 гъэм. 2025 гъэ пщIондэ пластик картэри тхылъымпIэ паспортри зекIуэнущ. Электрон картэхэр дэтхэнэ цIыхуми иратынущ къызэралъхуу.
ВОЛОДИН Максим.
«Комсомольская
правда»
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31392.txt"
} |
Метр 22-рэ зи лъагагъ фэеплъ
Метр 22-рэ зи
лъагагъ фэеплъ
Къэрэшей-Шэрджэс. Черкесск и махуэм еужьэрэкIыу зыхуагъэхьэзыр. Ар щагъэлъэпIэну фокIадэм и 21-м ирихьэлIэу республикэм и щыхьэрым къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ и дыхьэпIэм деж метр 22-рэ зи лъагагъ фэеплъыр къыщызэIуахыну я мурадщ.
КъШР-м и Iэтащхьэ Темрезов Рашидрэ Черкесск и Iэтащхьэ Тамбий Русланрэ къалащхьэм щекIуэкI ухуэныгъэ зыбжанэм щыгъуазэ защIащ, абы стелэри хы-хьэу. УнафэщIхэм зрагъэлъэгъуащ «ХытIыгу удзыфэ» щэнхабзэ зыгъэпсэхупIэ паркым щаухуэ амфитеатрыщIэм ехьэлIа лэжьыгъэхэр зэрекIуэкIыр. ЦIыху 1060-м хуэщIа а гъэмахуэ театрри мы мазэм къызэIуахынущ.
ЩIэныгъэлIхэм
я япэ зэIущIэ
Адыгей. «Туризм, зыгъэпсэхупIэхэр, щIыуэпсыр: зэпыщIэныгъэрэ зэдэлэжьэныгъэрэ» дунейпсо конференцэ Адыгэ къэрал университетым щекIуэкIащ.
ЮНЕСКО-м дунейпсо щIэину къилъыта щIыпIэхэм ящыщ Адыгейм туризмэм зыщегъэужьыным трауха зэIущIэм хэтащ АГУ-м, РАН-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым экологиемрэ бгылъэ щIыпIэхэмкIэ и институтым, Италиемрэ Германиемрэ я щIэныгъэлIхэр. Абыхэм я зэхуэсыр кърикIуащ Адыгеймрэ Больцано -Тироль Ипщэ автоном провинцэмрэ (Италие Республикэ) я правительствэхэм сатум, щэнхабзэм, мэкъумэш IэнатIэм, туризмэм, ухуэныгъэм епха Iуэху зэдащIэным, я зэпыщIэныгъэм нэхъри зрагъэубгъуным теухуауэ зэращIылIа зэгурыIуэныгъэм.
ТекIуэныгъэм
и махуэм зыхуагъэхьэзыр
Абхъаз. 1992 — 1993 гъэхэм екIуэкIа зауэм ТекIуэныгъэ къызэрыщахьрэ илъэс 20 зэрырикъур гъэлъэпIэным республикэм зыхуегъэхьэзыр.
Республикэм и хуитыныгъэм зи гъащIэр щхьэузыхь хуэзыщIа зауэлIхэм я кхъащхьэхэр, хэкIуэдахэм я фэеплъхэр зыхуей хуагъазэ. Гулъытэшхуэ хуащI махуэшхуэм ирихьэлIэу къалэхэмрэ жылагъуэхэмрэ гъэщIэрэщIэным. Махуэшхуэ зэхыхьэхэр, концертхэр екIуэкIынущ, зауэм теухуа фильмхэр ягъэлъэгъуэнущ.
УЭРДОКЪУЭ Женя.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31394.txt"
} |
ЩIэпхъаджагъэм и къуэпсхэр зыгъэгъуфынур
Шэджэм къалэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм и гупэм «Дэ террорым дрибийщ» зэхыхьэр щекIуэкIащ.
Терроризмэм зэрыпэщIэтыпхъэм ехьэлIауэ я Iуэху еплъыкIэхэр куейм и унафэщIхэм, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэм къагъэлъэгъуащ. «Дэ хьэкъыу тпхыкIын хуейщ, терроризмэм дебэным и мызакъуэу, ар къэдмыгъэхъун папщIэ Iуэху пыухыкIахэр зэрызэфIэтхыпхъэр, — жиIащ Шэджэм куейм и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Къарэмызэ Хьэсэн. — НобэкIэ Шэджэм куейм лъэпкъ, дин зэхэгъэж щымыIэу, цIыхухэр зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу щопсэу. Гъэсэныгъэращ терроризмэм и къуэпсхэр зыхуэгъэгъунур».
ЗэIущIэм хэтахэм, мамырыгъэм и нэщэнэу, уэгум шар гъэпщахэр ираутIыпщхьащ. ПэкIум кърихьэлIахэм шэху уэздыгъэхэр щIагъанэри, терроризмэм зи гъащIэр ихьахэм зы дакъикъэкIэ щыму яхуэщыгъуащ. ПэкIум хэтахэр еплъащ «Террор щремыIэ!» фIэщыгъэм щIэту сабийхэм ящIа сурэтхэм.
КIарэ Элинэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31397.txt"
} |
Къанокъуэ Арсен: ЩIалэгъуалэм къуажэм ягъэзэжыну тедгъэгушхуэн хуейщ
Ди газетым зэрытетащи, фокIадэм и 3-м Лъэпкъ проектхэмрэ демографие политикэмрэ хухахауэ ди республикэм и Iэтащхьэм деж щыIэ советым и зэIущIэ КъБР-м и Правительствэм и Унэм щекIуэкIащ.
ЗэIущIэр къыщызэIуихым, КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен жиIащ я мылъку нэхъыщхьэр цIыхур зэрыарам тращIыхьу иужьрей зэманым демографием гулъытэ хэха хуащI зэрыхъуар. Къанокъуэм и псалъэм къыхигъэщащ 2015 гъэ пщIондэ демографие щытыкIэр егъэфIэкIуэным теухуауэ ди республикэм къыщащта программэм къыщыгъэлъэгъуар зэрыфIэмащIэр. «ДызыхуэкIуэ илъэсхэм къалэн нэхъыщхьэу зыхуэдгъэувыжыр лIэм я бжыгъэр нэхъ мащIэ, къалъхур нэхъыбэ зэрыхъунырщ, ди республикэм икIхэр зэтедубыдэнырщ», — жиIащ КъБР-м и Iэтащхьэм.
Ди цIыхухэм лэжьыгъэ IэнатIэ ягъуэтынымкIэ сэбэп яхуэхъу, ядэIэпыкъу программэхэр республикэм щолажьэ, IуэхущIапIэщIэхэр яухуэ, лэжьыгъэ IэнатIэщIэхэр къызэIуах, къуажэдэсхэм я щхьэ хьэрычэт хуащIэжыфын папщIэ къэралыр ядоIэпыкъу. «ЕджапIэ нэхъыщхьэхэр къэзыуха ныбжьыщIэхэм щIы Iыхьэ, унэ, лъапсэ, лэжьыгъэ еттурэ абыхэм къуажэхэм ягъэзэжыну тедгъэгушхуэн хуейщ», — щыжиIащ зэIущIэм Къанокъуэм.
КъБР-м и Iэтащхьэм жиIащ цIыхухэм я узыншагъэр зэрырагъэфIэкIуэну программэм къызэрыщыгъэлъэгъуам тету, сымаджэщхэм хущхъуэ лъапIэ гъуэтыгъуейхэр, иджырей Iэмэпсымэхэр яIэн зэрыхуейр, абы къинэмыщIауэ дохутырхэр я лэжьыгъэм тезыгъэгушхуэн Iуэхухэм егупсысыпхъэу.
Апхуэдэуи Къанокъуэм и гугъу ищIащ республикэрысхэм я узыншагъэр зыхуэдэр къызэрапщытэну щIыкIэм гулъытэ хэха хуэщIын зэрыхуейм.
Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ, щэнхабзэмкIэ, спортымрэ туризмэмкIэ министрхэм захуигъазэри, Къанокъуэм жиIащ зэфIэкI зыбгъэдэлъ ныбжьыщIэхэм я нэIэ трагъэтыну, абыхэм заужьын папщIэ сыткIи щIэгъэкъуэн яхуэхъуну. «Узэгугъур къогугъуж. Зэман дэкIрэ я зэфIэкI къагъэлъэгъуэн щIадзэмэ, дуней псом щыпэрыт еджапIэхэм я щIэныгъэм щыхагъэхъуэну дгъэкIуэнщ, иужькIэ ди республикэм и зыужьыныгъэм хуэщхьэпэн хуэдэу», — щыжиIащ зэIущIэм КъБР-м и Iэтащхьэм.
КъБР-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Мусуков Алий къыщыпсалъэм жиIащ иужьрей илъэсипщIым ди республикэм къыщалъхум я бжыгъэр хуэдэ I,5-кIэ нэхъыбэ зэрыхъуам и фIыщIэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым цIыхущхьэу къыхэхъуэмкIэ Урысей псом 12-нэ увыпIэр зэрыщиубыдар. 2012 гъэм цIыху мин къэс хэхъуэу сабий пщыкIух, а мин дыдэм тещIыхьауэ лIэныгъэу бгъу яIащ. Къыхэгъэщыпхъэщ а бжыгъэхэр куейхэм зэрыщызэщхьэщыкIыр, псалъэм папщIэ, ику иту цIыху миным цIыхуибл хэхъуэу яIэмэ, Май, Прохладнэ куейхэм а бжыгъэхэр нолым хуокIуэ. Ди республикэм къыщыхъу лIэныгъэхэм я щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэу къагъэлъагъуэр лъыр фIыуэ зэрыземыкIуэм къыхэкI узыфэхэрщ. ЛIэхэм я процент 60-р абыхэм хуозэ, лышхым процент 15,3-рэ, къэхъукъащIэ зэмылIэужьыгъуэхэм фэбжь хьэлъэ хэзыхыу абы илIыкIхэм проценти 8,5-рэ.
Хэхъуэ хъарзынэ диIэми, цIыхущхьэр мащIэ щIэхъум и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэу къагъэлъэгъуащ зи къаруилъыгъуэхэу илъэс 20-49-рэ ныбжьым итхэр нэгъуэщI щIыналъэхэм, хамэ къэралхэм лэжьакIуэ зэрыкIуэр. Апхуэдэуи, лэжьыгъэ IэнатIэ пэрытыфыну цIыхухэм я нэхъыбэр пенсэм нэсащ, 2008 — 2012 гъэхэм къриубыдэу лэжьэфыну, пенсэ ныбжьым нэмысауэ цIыху 543260-рэ щыIамэ, иджы ар мин 530-рэ хъужу аращ. КъызэрагъэлъагъуэмкIэ, лэжьэфыну цIыхухэм я бжыгъэм хэщIурэ, ныбжь зиIэхэр нэхъыбэ хъууэрэ 2015 гъэ пщIондэ кIуэнущ.
Школ ныбжьым нэмыса сабийхэм я бжыгъэр псори зэхэту 47200-рэ мэхъури, абыхэм щыщу сабий садхэм мин 36-рщ кIуэр. 2013 — 2015 гъэхэм къриубыдэу школ ныбжьым нэмысахэм папщIэ сабий садхэр къызэIуахынущ, 7222-м ятещIыхьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым унагъуэхэм щагъуэт гулъытэр егъэфIэкIуэн хуейуэ Къанокъуэм щыжиIащ зэIущIэм. ЗэрыфщIэщи, бын етхуанэ, е нэхъыбэ къызыхэхъуэ унагъуэм и псэукIэр ирыригъэфIэкIуэну сом мин 250-рэ ди республикэм щрат. 2009 — 2013 гъэхэм къриубыдэу сом мелуан 48-рэ мин 750-кIэ ядэIэпыкъуащ бын куэд зиIэ унагъуэ 203-м. «Къэбэрдей-Балъкъэрым унагъуэ щызыухуагъащIэхэр унэкIэ къызэгъэпэщын» программэ гуэдзэным ипкъ иткIэ 2012 гъэм унагъуэщIи 162-м сом мелуан 92,4-м хуэкIуэ щыхьэт тхылъхэр иратащ унэ кърыращэхуну. Мы гъэм апхуэдэ тхылъхэр унагъуи 197-м иратыну я мурадщ, ар илъэс кIуам елъытауэ процент 21,6-кIэ нэхъыбэщ. 2012 гъэм ди республикэм псэупIэ-ипотекэ кредиту 1239-рэ щатащ. А кредитхэм техьэ процентым щыщу цIыху 278-м къэралым яхуитыжар сом мелуани 6,6-рэ мэхъу.
Ди республикэм лэжьакIуэ икIхэр зэрызытраIыгъэн Iэмалхэм и гугъу щащIым, Къанокъуэм жиIащ урысхэр нэхъыбэу зыдэс куейхэм папщIэ зыуэ щыт программэ щхьэхуэ къызэгъэпэщыпхъэу, икIи Урысей Федерацэм и Президентым и лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ Федеральнэ округым щыIэм и Аппаратым и инспектор нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэ Вербицкий Алексейрэ куейхэм я Iэтащхьэхэмрэ абы ехьэлIауэ я Iуэху еплъыкIэхэр къагъэлъэгъуэну пщэрылъ ящищIащ.
— Сабий къалъхуагъащIэхэмрэ анэхэмрэ нэхъ тэмэму зэреплъын IэмэпсымэщIэхэр яIэ зэрыхъуам, куейхэм щыIэ дохутырхэм я щIэныгъэм хэзыгъахъуэ дерсхэр зэрыдрагъэкIуэкIым и фIыгъэкIэ сабий къалъхуагъащIэхэм ящыщу лIэжым я бжыгъэр щынэхъ мащIэр ди республикэращ, КИФЩI-м хиубыдэ хэгъуэгухэм еплъытмэ, — жиIащ республикэм узыншагъэр хъумэнымрэ курортхэмкIэ и министр Шэт Ирмэ къыщыпсалъэм.
Шэтым зи гугъу ищIахэм ящыщщ лъынтхуэ узыфэхэм щеIэзэ сымаджэщхэр иризэрагъэпэщыжыну федеральнэ мылъкум къыхэкIыу сом мелуан 203-м щIигъу къазэрыIэрыхьам и фIыгъэкIэ дохутыр Iэмэпсымэ 347-рэ къызэращэхуар. Лъы дэуейм къыхэкI узыфэм цIыхухэр щыгъэгъуэзэным, абы иубыдам узэрыдэIэпыкъунум теухуа теленэтын кIэщIхэр къатынущ.
ХуэмыщIауэ псэу унагъуэхэм дэIэпыкъуныгъэу ягъуэтым я гугъу щищIым, КъБР-м лэжьыгъэмрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Тюбеев Альберт жиIащ 2012 гъэм унагъуэ 22086-м зэрызыщIагъэкъуар. Сабий ныкъуэдыкъуэ зиIэ унагъуэ 3870-м дэтхэнэми мазэ къэс сом 1318-рэ иратащ, я коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэм пэкIуэр яфIызэтримыхьэн папщIэ. Зыхуей хуэмызэ, зи Iэпкълъэпкъым ныкъуэдыкъуагъ иIэ сабийхэм гъэмахуэ мазищым къриубыдэу лагерхэм зыщрагъэгъэпсэхуащ. ЗэIущIэм щыжаIащ сабийхэм я зыгъэпсэхугъуэр нэхъыфIу къызэзыгъэпэщауэ Урысей псом къыщалъытахэм ди республикэр зэрахэтыр.
ЗэIущIэм я унэцIэ къыщраIуащ 2013 гъэм егъэджакIуэ нэхъыфIу къалъытахэм. ЕгъэджакIуийм сом мин щитI дэтхэнэми хуэзэу иратынущ, республикэ бюджетым къыхэкIыу егъэджакIуэ 15-м ахъшэ саугъэтхэр, 5-м сом минищэ зырыз, адрей пщIым сом мин тхущI-тхущI иратынущ.
КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Семэн Пщыкъан зэрыжиIамкIэ, 2006 — 2012 гъэхэм грант дэIэпыкъуныгъэ егъэджакIуэ 440-м ягъуэтащ.
Апхуэдэуи зэIущIэм щагъэбелджылащ УФ-м и Президентымрэ КъБР-м и Iэтащхьэмрэ зэфIэкI зыбгъэдэлъ щIалэгъуалэм ящыщу къэралыр зэрадэIэпыкъу саугъэтхэр зратынухэр.
Республикэм, щIыналъэ зэхуаку зэпеуэхэм щытекIуа ныбжьыщIэ 11-м федеральнэ мылъкум къыхэкIыу къэрал дэIэпыкъуныгъэу сом мин 30 иратынущ. Республикэм щекIуэкIа зэпеуэхэм жыджэру зыкъыщызыгъэлъэгъуа цIыху 11-м КъБР-м и мылъкум къыхэкIыу сом мин 15 дэтхэнэми иратынущ.
Щомахуэ Залинэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31400.txt"
} |
Нобэ
Псапэ щIэным и дунейпсо махуэщ. ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм и резолюцэмкIэ къащтащ 2012 гъэм дыгъэгъазэм и 17-м.
Петропавловск-Камчатскэ къалэр Кърым зауэм и зэманым инджылыз-франджы эскадрэм щыщахъума махуэщ
1991 гъэм Латвиер, Литвар, Эстониер къэрал щхьэхуэу къалъытащ.
ФокIадэм и 5 — 6-хэм Санкт-Петербург щекIуэкIынущ къэрал тIощIым я унафэщIхэм я зэIущIэр.
ФокIадэм и 5 — 6-хэм Чолпон-Ата (Къыргъыз) щызэхуос СНГ-м хыхьэ къэралхэм я советым хэтхэр. ЗэIущIэр теухуащ щIыуэпсым къыщыхъу къызэрымыкIуэ щытыкIэхэм, абыхэм уазэрыпэщIэтыну Iэмалхэм.
ФокIадэм и 5 — 7-хэм Киев (Украинэ) къыщызэрагъэпэщ «Тхылъ дуней-2013» дунейпсо тхылъ жармыкIэр.
ФокIадэм и 5 — 11-хэм Тэтэрстаным щекIуэкIынущ муслъымэн кином и IХ Къэзан дунейпсо кинофестивалыр.
Урыс тхакIуэ цIэрыIуэ Толстой Алексей къызэралъхурэ илъэси 126-рэ ирокъу.
УсакIуэ, композитор, пшынауэ, уэрэджыIакIуэ, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къэжэр Индрис къызэралъхурэ илъэси 118-рэ ирокъу.
УФ-ми КъБР-ми щIыхь зиIэ я энергетик Къущхьэ Мухьэжид и ныбжьыр илъэс 80 ирокъу.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 16 — 20, жэщым градус 12 — 13 щыхъунущ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31404.txt"
} |
КъБР-м и ТВ-мрэ радиомрэ
«Къбэрдей-Балъкъэр» ГТРК-м и ТВ
Блыщхьэ, фокIадэм и 9
УэрэджыIакIуэ ныбжьыщIэ. Сурэтыр МАМИЙ Руслан трихащ 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр
11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ)
11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ)
14.30, 17.10, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр
18.30 «Адыгэ узэщIакIуэхэр». Филолог, тхыдэдж, усакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ Нэгумэ Шорэ (адыгэбзэкIэ)
19.05 «ХамэщIри хэкум хуэдэу фIыуэ елъагъу» (балъкъэрыбзэкIэ)
Гъубж, фокIадэм и 10
7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр
9.00 «ТхакIуэмрэ зэманымрэ». КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ ЩоджэнцIыкIу Iэдэм къызэралъхурэ илъэс 97-рэ щрикъум ирихьэлIэу (адыгэбзэкIэ)
9.30 «Къэбэрдей-Балъкъэрым и зыгъэпсэхупIэхэр». «Налшык» зыгъэпсэхупIэр
11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ)
11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ)
14.30, 17.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр
Бэрэжьей, фокIадэм и 11
7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр
11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ)
11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ)
14.30, 17.10, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр
18.30 КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI КIыщ Мухьэдин
19.05 «Без фальши» программэр
Махуэку, фокIадэм и 12
7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр
9.00 «Нобэ япщэфIахэр»
9.30 Балъкъэрыр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэси 186-рэ зэрырикъур зэрагъэлъапIэм къратыкI репортаж (балъкъэрыбзэкIэ)
11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ)
11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ)
14.30, 17.10, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр
18.30 «Литературэм и лъахэ»
19.00 «И гъащIэм щыщ зы махуэ». Композитор, УФ-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ХьэIупэ ДжэбрэIил
Мэрем, фокIадэм и 13
7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр.
11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ)
11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ)
14.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр
17.10 ЩIыпIэ зэман. Кавказ Ищхъэрэм щыхъыбархэр
18.30 «ВОЯЖ»
Щэбэт, фокIадэм и 14
8.10, 11.10, 14.20 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр
10.05 «Нобэ япщэфIхэр»
10.40 «Зэманым и лъэужь»
Тхьэмахуэ, фокIадэм и 15
10.20 ЩIыпIэ зэман. «Тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр»
14.20 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр
«Къэбэрдей-Балъкъэр» ГТРК-м и радио
Блыщхьэ, фокIадэм и 9
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ):
7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10
7.25 — 7.45 Концерт
7.45 — 8.00 Усэхэр. Мусукаевэ Сэкинат (балъкъэрыбзэкIэ)
10.15 — 10.30 «Алыфбей цIыкIу»
13.25 — 13.45 «Мыхьэнэшхуэ зиIэ псалъэмакъ»
13.45 -14.00 «Таурыхъхэм я ауз»
16.25 — 16.33 Зэгъусэу дыкъоджэ. Антуан де Сент-Экзюпери. «ЦIыхухэм я планетэ».
Гъубж, фокIадэм и 10
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ):
7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10
7.25 — 7.45 Нарт хъыбархэр
7.45 — 8.00 «Уэрэдыр тыгъэ фхузощI». Бий Аслъэн.
10.15 — 10.30 «Алыфбей цIыкIу»
13.25 — 13.45 Литературэ еджэныгъэхэр. Пушкин Александр. «Тазит» (адыгэбзэкIэ)
13.45 — 14.00 «Уи пыгуфIыкIыкIэр». Шульженкэ В. уэрэд жеIэ
16.25 — 16.33 Зэгъусэу дыкъоджэ. Антуан де Сент-Экзюпери. «ЦIыхухэм я планетэ».
Бэрэжьей, фокIадэм и 11
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ):
7.10, 10.00, 13.10, 16. 00, 18.10
7.25 — 7.45 «Мы дунейр зэрыдахащэ». Концерт
7.45 — 8.00 Гаев М. и басняхэр
10.15 — 10.30 «Алыфбей цIыкIу»
13.25 — 13.45 Вагъуэ цIыкIу
13.45 — 14.00 Акаев Т. «Адэшхуэм и гуфIэгъуэ». Рассказ
16.25 — 16.33 Зэгъусэу дыкъоджэ. Антуан де Сент-Экзюпери. «ЦIыхухэм я планетэ».
Махуэку, фокIадэм и 12
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ):
7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10
7.25 — 7.45 Пщэдджыжь концерт (адыгэбзэкIэ).
10.15 — 10.30 «Алыфбей цIыкIу»
13.45 — 14.00 «Микрофон хуит». Ди радиом едаIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэр
13.45 — 14.00 Концерт
16.25 — 16.33 Зэгъусэу дыкъоджэ. Антуан де Сент-Экзюпери. «ЦIыхухэм я планетэ».
Мэрем, фокIадэм и 13
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ):
7.10 , 10.00, 13.10, 16.10, 18.10
7.25 — 8.00 «Жьырытэдж» (адыгэбзэкIэ)
10.15 — 10.30 «Алыфбей цIыкIу»
13.25 — 13.45 «Спорт Iуэхухэр»
13.45 — 14.00 «Чамхана». ГушыIэ нэтын
16.25 — 16.33 Зэгъусэу дыкъоджэ. Антуан де Сент-Экзюпери. «ЦIыхухэм я планетэ».
Щэбэт, фокIадэм и 14
10.10 — 11.00 «Кавказ пшэплъхэр».
12.10 — 12.25 «КъБР: махуэр махуэм кIэлъыкIуэу». ХъыбарыщIэхэр (адыгэбзэкIэ).
12.25 — 12.40 «КъБР: махуэр махуэм кIэлъыкIуэу» . ХъыбарыщIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ).
12.40 — 13.00 «Луна-парк». ЩIалэгъуалэм папщIэ
Тхьэмахуэ, фокIадэм и 15
10.10 «КъБР: махуэр махуэм кIэлъыкIуэу». ХъыбарыщIэхэр.
10.25 — 11.00 Къантемыр А. «ХьэгъуэлIыгъуэ». Радиоспектакль
12.10 — 13.00 Театрыр микрофоным Iутщ. Хугаев Георгий «Андрорэ Сандрорэ» (балъкъэрыбзэкIэ)
1 КъБР-м «Мира» канал
Блыщхьэ, фокIадэм и 9
7.00 Мультфильм (6+)
7.15 «Чемпионхэр». СССР-м стIолыщхьэ теннисымкIэ спортым и мастер Батыр ФатIимэ (12+)
7.40 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр»
8.15 «Нобэ, пщэдей…». Тыркум и Ищхъэрэ-КъуэкIыпIэ техникэ университетым и профессорхэу ШкIахъуэ Мухьэмэдрэ Таймаз Эронрэ (16+)
8.50 «Iущыгъэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (6+)
9.10 «49-нэ каналым и пощт»
17.20 Мультфильм (6+)
17.35 «Гъуэплъыфэ уафэ». Сабийхэм папщIэ спорт тележурнал (6+)
18.00 «49-нэ каналым и пощт» (12+)
19.30 «Лъэхъэнэхэм я зэпыщIэныгъэ». Мэржэхъу МэчрэIил (12+)
20.00 «Жыг хадэхэр ирегъагъэ!» Телефильм (12+)
20.35 «Зы уэрэдым и хъыбар» (адыгэбзэкIэ) (12+)
20.50 «Гъэ еджэгъуэщIэ» (адыгэбзэкIэ) (12+)
21.15 «И дуней». Этнограф Журтубаев Махъти (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
21.40 ХъыбарыщIэхэр
Гъубж, фокIадэм и 10
7.00 Мультфильм (6+)
7.15 «Чемпионхэр». СССР-м бэнэнымкIэ спортым и мастер Зрум Леонид (12+)
7.40 ХъыбарыщIэхэр
7.55 «Сэ фIыуэ слъагъу уэрэд». Концерт (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
8.25 ЩоджэнцIыкIу Алий. Усэхэр зэрыт дэфтэр (адыгэбзэкIэ) (12+)
8.25 «ЩIэныгъэм и гъуэгукIэ». Медицинэ щIэныгъэхэм я кандидат Хьэжы Бэллэ (адыгэбзэкIэ) (16+)
8.55 «49-нэ каналым и пощт» (12+)
17.20 Мультфильм (6+)
17.40 «КъэкIуэнур зейхэр». ЩIэблэм хэкур фIыуэ ялъагъуу гъэсэным теухуауэ (адыгэбзэкIэ) (12+)
18.00 «49-нэ каналым и пощт» (12+)
19.30 «Абхъазым щызэуахэм я махуэ». Япэ Iыхьэ (12+)
20.05 «Спорт хъыбархэр». КъБР-м альпинизмэмкIэ и федерацэ (12+)
20.30 «Бзылъхугъэмрэ адыгэ хабзэмрэ». Филологие щIэныгъэхэм я кандидат Гъут Ланэ (адыгэбзэкIэ) (16+)
21.05 УсакIуэ Додуев Аскэр и творчествэм теухуауэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
21.25 Iуащхьэмахуэ щIыналъэм и курыт еджапIэхэм гъэ еджэгъуэщIэм зэрызыхуагъэхьэзырар (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
21.40 ХъыбарыщIэхэр
Бэрэжьей, фокIадэм и 11
7.00 Мультфильм (6+)
7.20 «Псори мэджэгу». ФутболымкIэ республикэпсо зэхьэзэхуэм къратыкI (12+)
7.40 ХъыбарыщIэхэр
8.00 «Джэрпэджэж». Тележурнал (адыгэбзэкIэ) (12+)
8.35 «Гум и къеуэкIэ». СурэтыщI Сарбашев Азнор (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
8.55 «49-нэ каналым и пощт» (12+)
17.20 Мультфильм (6+)
17.40 «Си лъахэ». Тэтэртуп азэн джапIэр (адыгэбзэкIэ) (12+)
18.00 «49-нэ каналым и пощт» (12+)
19.30 Мультфильм (6+)
19.40 «Зэманымрэ цIыхумрэ». Туменов Мурадин (16+)
20.10 «Iуащхьэмахуэ и кубок». КъБР-м и къэралыгъуэм и махуэм и щIыхькIэ екIуэкIа шыгъажэм къратыкI репортаж (12+)
20.20 «Гъэмахуэ егъэжьэж». Усыгъэм и пшыхь (адыгэбзэкIэ)
21.00 «Сэ фIыуэ слъагъу уэрэд» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
21.30 «Зи чэзу псалъэмакъ»
21.40 ХъыбарыщIэхэр
Махуэку, фокIадэм и 12
7.00 Мультфильм (6+)
7.10 «Зэманым екIуу» программэр (12+)
7.40 ХъыбарыщIэхэр
7.55 «Сабиигъуэм и хэщIапIэ». Бахъсэн къалэ дэт 4-нэ курыт еджапIэр (адыгэбзэкIэ) (12+)
8.25 «Кезиу». Филологие щIэныгъэхэм я доктор Кетенчиев Муса (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
8.55 «49-нэ каналым и пощт» (12+)
17.20 Мультфильм (6+)
17.40 «Макъ жьгъырухэр». Жылау Арсен и уэрэдхэр (адыгэбзэкIэ) (12+)
18.00 «49-нэ каналым и пощт» (12+)
19.30 Мультфильм (6+)
19.50 «Си республикэ — си Урысей». КъБР-м и къэралыгъуэм и махуэм и щIыхькIэ екIуэкIа махуэшхуэ концерт. ПэщIэдзэр (12+)
20.30 «ЩIыуэпс». Дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэным теухуауэ (адыгэбзэкIэ) (12+)
20.55 «Ууаз» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
21.25 «КъэкIуэнур нобэрей махуэм пыщIащ». Кипр Ищхъэрэм и премьер-министр Сибер Сибел (16+)
21.40 ХъыбарыщIэхэр
Мэрем, фокIадэм и 13
7.00 Мультфильм (6+)
7.10 «ЦIыхубэ IэпщIэлъапщIэхэр». Абджым елэжь сурэтыщI Батаев Михаил (12+)
7.40 ХъыбарыщIэхэр
7.55 «Гупсысэр — псалъэкIэ». УФ-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ХьэIупэ ДжэбрэIил (адыгэбзэкIэ) (12+)
8.30 «Белляу-белляу». Балъкъэр, къэрэшей гущэкъу уэрэдхэр (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
8.55 «49-нэ каналым и пощт» (12+)
17.20 Мультфильм (6+)
17.40 «Гупсысэхэр». ЩIалэгъуалэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
18.00 «49-нэ каналым и пощт»
19.30 Мультфильм (6+)
19.50 «Си республикэ — си Урысей». КъБР-м и къэралыгъуэм и махуэм и щIыхькIэ екIуэкIа махуэшхуэ концерт. КIэухыр (12+)
20.30 «Уэрэдыр зи Iэпэгъу». УФ-м щIыхь зиIэ и артист Ташло Алий (адыгэбзэкIэ) (12+)
21.05 УсакIуэ Бегиев Абдуллэхь (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
21.40 ХъыбарыщIэхэр
Щэбэт, фокIадэм и 14
7.00 Мультфильм (6+)
7.20 «Седьмая скорость». Автомобилистхэм папщIэ (16+)
7.40 ХъыбарыщIэхэр
7.55 «Лъэужь». КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ ШэджыхьэщIэ Хьэмыщэ и творчествэм теухуауэ (адыгэбзэкIэ) (12+)
8.30 «Илъэсхэмрэ уэрэдхэмрэ». КъБР-м и цIыхубэ артист Отаров Омар (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
8.55 «49-нэ каналым и пощт» (12+)
18.00 Мультфильм
18.10 «49-нэ каналым и пощт» (12+)
19.10 «Адыгэ нысашэ». Телефильм (адыгэбзэкIэ) (16+)
20.15 «Iущыгъэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (6+)
20.35 «…ГъащIэм къыпещэ». КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ Теппеев Алим и фэеплъу (балъкъэрыбзэкIэ) (16+)
21.0.5 «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и тхыдэм щыщщ». Кинорежиссёрхэу Вэрокъуэ Владимиррэ Мартиросовэ Ринэрэ я фильмхэр (12+)
Тхьэмахуэ, фокIадэм и 15
7.00 Мультфильм (6+)
7.15 «И гъащIэр гъуазджэм пыщIауэ». СурэтыщI Абей Iэсият (12+)
7.45 «ДжэгуакIуэ». IутIыж Борис и цIэр зезыхьэ сабий цIыхубэ театрыр (адыгэбзэкIэ) (12+)
8.25 «ЦIыху». Журналист Ахматовэ Мариям (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
8.55 «49-нэ каналым и пощт» (12+)
18.00 Мультфильм (6+)
18.15 «49-нэ каналым и пощт» (12+)
19.15 «Прорыв» нэтыныр (12+)
19.45 «Хъуромэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (6+)
19.55 «Сценэм къыхуигъэщIа». КъБР-м и цIыхубэ артист Къуныжь Алим (адыгэбзэкIэ) (16+)
20.35 «Ди хьэщIэхэр». КъШР-м и цIыхубэ усакIуэ Узденов Альберт (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
21.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр»
КъБР-м и Радио
Блыщхьэ, фокIадэм и 9
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 13.00, 14.00, 15.00, 16.00, 17.00, 18.00, 19.00, 20.00
7.15/13.05/19.05/01.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ)
7.45/14.50 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ)
8.00/13.35/20.05/03.10 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ)
8.20/16.32 «ЩIэныгъэхэм я дунейм — зыплъыхьакIуэ» (балъкъэрыбзэкIэ)
8.40/14.35 «Зи чэзу псалъэмакъ» (адыгэбзэкIэ)
9.00/18.05 «Зэпсэлъэгъухэр» (урысыбзэкIэ)
9.25/18.30 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ)
10.05 «Утыку» (адыгэбзэкIэ)
10.25/16.05 «Макъамэ яхъумахэр» (адыгэбзэкIэ)
11.05/17.05 «Чамхана» (балъкъэрыбзэкIэ)
11.25/17.25 «Уэрэдыр тыгъэ фхузощI». Ингуш Республикэм щIыхь зиIэ и артист Мусукаев Р. (балъкъэрыбзэкIэ)
11.48/17.48 «Гюрен». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ)
12.05/15.35 «Дуней тетыкIэ» (урысыбзэкIэ)
12.25/15.05 «КъехьэкI-нехьэкI зыхэмылъ псалъэмакъ» (урысыбзэкIэ)
14.05-14.35 «Дыхьэшхэным и хъуреягъкIэ» (адыгэбзэкIэ)
19.40/22.40/02.40 «ФIыуэ тлъагъу макъамэхэр» (адыгэбзэкIэ)
20.45/03.40 «Гюрен». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ)
21.00/06.00 «Iуэху нэхъыщхьэм теухуауэ» (урысыбзэкIэ)
21.35/06.35 «Дыщыпсэу дунейм» (урысыбзэкIэ)
21.45/06.45 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ)
22.00/02.10 «Ди зэIущIапIэм» (адыгэбзэкIэ)
23.00/04.00 «Ди хъугъуэфIыгъуэхэр» (адыгэбзэкIэ)
00.10 «Театрыр микрофоным Iутщ» (урысыбзэкIэ)
Гъубж, фокIадэм и 10
7.15/13.05/19.05/01.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ)
7.45/14.45/19.45/02.50 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ)
8.00/13.35/20.05/01.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ)
8.20/16.30 «Боракъ» (балъкъэрыбзэкIэ)
9.00/18.05 «Зэманыр, къэхъукъащIэхэр, Iуэху еплъыкIэхэр» (урысыбзэкIэ)
9.20/18.25 «Гукъыдэж» (урысыбзэкIэ)
10.05 «Адыгэхэр: тхыдэр, хабзэр» (адыгэбзэкIэ)
10.50/15.50 «Зэхэфха? Флъэгъуа?» (адыгэбзэкIэ)
11.05/17.30 «Балъкъэр цIыхубэ уэрэдхэр» (балъкъэрыбзэкIэ)
11.30/17.05 «Школ Iуэхухэр» (балъкъэрыбзэкIэ)
12.05/15.30 «Тхыдэм егъэщIылIа Iуэхухэр» (урысыбзэкIэ)
12.25/15.05 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ)
12.45/14.30 «Таурхъан» (адыгэбзэкIэ)
14.05/16.05 «Макъамэ калейдоскоп» (адыгэбзэкIэ)
20.20/04.30 «ЩIэныгъэхэм я дунейм — зыплъыхьакIуэ» (балъкъэрыбзэкIэ)
20.40/02.30 «Зи чэзу псалъэмакъ» (адыгэбзэкIэ).
21.00/06.00 «Зэпсэлъэгъухэр» (урысыбзэкIэ)
21.25/06.25 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ)
22.00 «Утыку» (адыгэбзэкIэ)
22.25/04.00 «Макъамэ яхъумахэр» (адыгэбзэкIэ)
23.00/05.00 «Чамхана» (балъкъэрыбзэкIэ)
23.25/05.20 «Уэрэдыр тыгъэ фхузощI» (балъкъэрыбзэкIэ)
23.48/05.45 «Гюрен». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ)
00.00/03.30 «Дуней тетыкIэ» (урысыбзэкIэ)
00.20/03.00 «КъехьэкI-нехьэкI зыхэмылъ псалъэмакъ» (урысыбзэкIэ)
Бэрэжьей, фокIадэм и 11
7.15/13.05/19.05/01.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ)
7.45/14.50/19.45/02.45 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ)
8.00/13.35/20.05/01.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ)
8.20/17.05 «Къонгуроучукъ». Сабийхэм папщIэ (балъкъэрыбзэкIэ)
8.45/16.50 «Гюрен». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ)
9.00/18.05 «Iуэху нэхъыщхьэм теухуауэ» (урысыбзэкIэ)
9.25/18.25 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ)
10.05/16.05 «Адэжь щIыналъэ» (адыгэбзэкIэ)
10.25/16.20 Концерт (адыгэбзэкIэ)
11.05 «Чамхана» (балъкъэрыбзэкIэ)
11.30/17.30 «Сэлам алейкум» (балъкъэрыбзэкIэ)
12.05/15.05 «Гъуазджэм и щIыналъэ» (урысыбзэкIэ)
12.40/15.40 «Кавказым и симфоние» (урысыбзэкIэ)
14.05 «Уэрэдыр и Iэпэгъуу» (адыгэбзэкIэ)
14.30/ 14.50 «Усыгъэм и сатыр мыкIуэдыжынухэр…» (адыгэбзэкIэ)
20.20/04.30 «Боракъ» (балъкъэрыбзэкIэ)
20.40/02.30 «Таурхъан» (адыгэбзэкIэ)
21.00/06.00 «Зэманыр, къэхъукъащIэхэр, Iуэху еплъыкIэхэр» (урысыбзэкIэ)
21.20/06.25 «Гукъыдэж» (урысыбзэкIэ)
23.00/05.30 Балъкъэр цIыхубэ уэрэдхэр
23.23/05.00 «Ойта» (балъкъэрыбзэкIэ)
00.00/03.00 «Тхыдэм егъэщIылIа Iуэхухэр» (урысыбзэкIэ)
00.25/03.00 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ)
Махуэку, фокIадэм и 12
7.15/13.05/19.05/01.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ)
7.45/18.43 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ)
8.00/13.35/20.05/01.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ)
8.20/17.05 «Дэ къытхуэнар» (балъкъэрыбзэкIэ)
9.00/18.05 «Нэхъыщхьэм теухуауэ — кIэщIу» (урысыбзэкIэ)
9.20/15.25 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ)
9.30/15.45 «Псэм и макъамэ» (урысыбзэкIэ)
9.42/15.35 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ)
10.05/16.05 «Динымрэ гъащIэмрэ» (адыгэбзэкIэ)
10.20/16.20 «Гухэлъ уэрэдхэр» (адыгэбзэкIэ)
10.45/16.45 «ДунейгъафIэ». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ)
11.05/14.05 «Лэгъупыкъу» (балъкъэрыбзэкIэ)
11.30/17.35 «Чамхана» (балъкъэрыбзэкIэ)
12.05/15.05 «Макъамэхэр» (урысыбзэкIэ)
12.30/18.20 «Дуней тетыкIэ» (урысыбзэкIэ)
14.30/15.00 «Пшыналъэ». Нэгузегъэужь нэтын (адыгэбзэкIэ)
20.20/04.30 «Къонгуроучукъ» (балъкъэрыбзэкIэ)
20.40/05.45 «Гюрен» (балъкъэрыбзэкIэ)
21.00/06.00 «Iуэху нэхъыщхьэм теухуауэ» (урысыбзэкIэ)
21.25/06.25 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ)
22.00/02.00 «Адэжь щIыналъэ» (адыгэбзэкIэ)
22.25/02.20 «Концерт» (адыгэбзэкIэ)
23.00/05.00 «Чамхана» (балъкъэрыбзэкIэ)
23.25/05.20 «Сэлам алейкум» (балъкъэрыбзэкIэ)
00.00/03.00 «Гъуазджэм и щIыналъэ» (урысыбзэкIэ)
00.30/03.30 «Кавказым и симфоние» (урысыбзэкIэ)
Мэрем, фокIадэм и 13
7.15/13.05/19.05/01.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ)
7.45/18.39 «Щэнхабзэм теухуауэ» (адыгэбзэкIэ)
8.00/13.35/20.05/01.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ)
8.20/17.30 «Дыщэ пхъуантэ цIыкIу» (балъкъэрыбзэкIэ)
8.35/14.05 «Уэсылъэ къуршхэм я макъамэ» (балъкъэрыбзэкIэ)
9.00/18.05 «ГъащIэ упщIэ» (урысыбзэкIэ)
9.25/15.35 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ)
10.05 «Эфирыр псоми папщIэ» (адыгэбзэкIэ)
10.25 «Лъэпкъ прозэм и напэкIуэцIхэр» (адыгэбзэкIэ)
10.45/16.05 «Лэгъупыкъу». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ)
11.05/13.50 «Гуапагъэмрэ уахътыншагъэмрэ ятеухуауэ» (балъкъэрыбзэкIэ)
11.20/17.05 «Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ)
11.45/17.45 «Гюрен» (балъкъэрыбзэкIэ)
12.05/15.05 «Гъуазджэм и щIыналъэ» (урысыбзэкIэ)
12.35/18.20 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ)
12.44/18.29 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ)
14.30/16.25 «Ди гъусэу зывгъэпсэху» (адыгэбзэкIэ)
19.45/02.45 «Жаншэрхъ» (адыгэбзэкIэ)
20.20/04.30 «Дэ къытхуэнар» (балъкъэрыбзэкIэ)
21.00/06.00 «Нэхъыщхьэм теухуауэ — кIэщIу» (урысыбзэкIэ)
21.20/06.25 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ)
21.30/06.35 «Псэм и макъамэ» (урысыбзэкIэ)
21.42/06.47 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ)
22.00/02.00 «Динымрэ гъащIэмрэ» (адыгэбзэкIэ)
22.20/02.20 «Гухэлъ уэрэдхэр» (адыгэбзэкIэ)
22.45/02.45 «ДунейгъафIэ» (адыгэбзэкIэ)
23.00/05.30 «Тейри къылыч» (балъкъэрыбзэкIэ)
23.20/05.00 «Чамхана» (балъкъэрыбзэкIэ)
00.00/03.00 «Дуней тетыкIэ» (урысыбзэкIэ)
00.30/03.30 «Макъамэхэр» (урысыбзэкIэ)
Щэбэт, фокIадэм и 14
7.00/13.00/19.00/01.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ)
7.38/13.38 «Вагъуэбэ» (адыгэбзэкIэ)
8.00/15.00/20.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ)
8.25/15.25 «Айсурат» (балъкъэрыбзэкIэ)
9.00/18.00 «Я гулъытэ нэхъыщхьэр зыхуэгъэзар» (урысыбзэкIэ)
9.25/18.25 «Дыщыпсэу дунейм» (урысыбзэкIэ)
9.45/18.45 «Усыгъэм и сатыр мыкIуэдыжынухэр…» (урысыбзэкIэ)
10.00/10.30 «Дэрэжэгъуэ». Нэгузегъэужь нэтын (адыгэбзэкIэ)
10.50/14.50 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ)
11.00/16.00 «Чамхана» (балъкъэрыбзэкIэ)
11.21/16.21 «Топалайчыкъ». Сабийхэм папщIэ (балъкъэрыбзэкIэ)
11.30/16.30 «Iуащхьэмахуэ и щыгум щыIу уэрэдхэр» (балъкъэрыбзэкIэ)
12.00/17.00 «Гукъыдэж» (урысыбзэкIэ)
12.44/17.44 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ)
14.00/14.50 «Радиотеатр» (адыгэбзэкIэ)
19.35/02.45 «Щэнхабзэм теухуауэ» (адыгэбзэкIэ)
20.25/04.25 «Дыщэ пхъуантэ цIыкIу» (балъкъэрыбзэкIэ)
20.35/04.35 «Уэсылъэ къуршхэм я макъамэ» (балъкъэрыбзэкIэ)
21.00/06.00 «ГъащIэ Iуэху» (урысыбзэкIэ)
21.25/06.25 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ)
22.00/02.00 «Псоми папщIэ эфир» (адыгэбзэкIэ)
22.25/02.25 «Лъэпкъ прозэм и напэкIуэцIхэр» (адыгэбзэкIэ)
22.45/23.00 «Лэгъупыкъу» (адыгэбзэкIэ)
23.00/05.00 «Гуапагъэмрэ уахътыншагъэмрэ ятеухуауэ» (балъкъэрыбзэкIэ)
23.20/05.20 «Чамхана» (балъкъэрыбзэкIэ)
23.45/05.45 «Гюрен». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ)
00.00/03.00 «Гъуазджэм и щIыналъэ» (урысыбзэкIэ)
00.35/03.35 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ)
00.44/03.44 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ)
Тхьэмахуэ, фокIадэм и 15
7.00/13.00/19.00/01.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ)
7.40/14.40 «ФIыуэ тлъагъу макъамэхэр» (адыгэбзэкIэ)
8.10/15.10/20.00/03.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ)
8.40/15.40 «Гюрен». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ)
9.00/18.00 «Iуэху нэхъыщхьэм теухуауэ» (урысыбзэкIэ)
9.35/18.35 «Дыщыпсэу дунейм» (урысыбзэкIэ)
9.45/18.45 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ)
10.10/14.10 «Ди зэIущIапIэм» (адыгэбзэкIэ)
10.40/10.58 «Школ Iуэхухэр» (адыгэбзэкIэ)
11.00/16.00 «Ди хъугъуэфIыгъуэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ)
12.10/17.10 «Театрыр микрофоным Iутщ» (урысыбзэкIэ)
13.35/14.00 «Уэрэд, къызэрыфэ пшыналъэ цIэрыIуэхэр» (адыгэбзэкIэ)
19.38/01.38 «Вагъуэбэ» (адыгэбзэкIэ)
20.25/03.25 «Эрирей» (балъкъэрыбзэкIэ)
21.00/06.00 «Я гулъытэ нэхъыщхьэр зыхуэгъэзар» (урысыбзэкIэ)
21.25/06.25 «Дыщыпсэу дунейм» (урысыбзэкIэ)
21.45/06.45 «Усыгъэм и сатыр мыкIуэдыжынухэр…» (урысыбзэкIэ)
22.00 «Дэрэжэкъуэ» (адыгэбзэкIэ)
22.50/02.50 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ)
23.00/04.00 «Чамхана» (балъкъэрыбзэкIэ)
23.21/04.21 «Топалайчыкъ» (балъкъэрыбзэкIэ)
23.30/04.30 «Iуащхьэмахуэ и щыгум щыIу уэрэдхэр» (балъкъэрыбзэкIэ)
00.00 «Гукъыдэж» (урысыбзэкIэ)
00.44 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ)
02.00 «Радиотеатр» (адыгэбзэкIэ)
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31418.txt"
} |
Тэрчдэсхэм къыщIадзэ
НэхъыфIхэр къыщыхахы- ну «Кавказ джэгухэр» спорт фестивалым и республикэ зэпеуэхэр Гагарин Юрий и цIэр зэрихьэу Тэрч къалэ дэт стадионым махуитIкIэ щекIуэкIынущ.
Нобэ футбол цIыкIумкIэ зэпеуэнущ. Щэбэтым, фокIадэм и 7-м армспорт, кIапсэ зэпекъу, бгырыпх бэнэкIэ, кIапсэкIэ дэпщеин, хьэлъэ гъэIэпхъуэн, хьэлъэ къэIэтын, къару троеборье, шабзэкIэ уэн, башкIэ зекIуэн, дэлъеин двоеборье лъэпкъ спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ зэхьэзэхуэ гуащIэхэр екIуэкIынущ.
Тэрч куей администрацэм и унафэщI Пэнагуэ Максим я щIыналъэм щекIуэкIыну «Кавказ джэгухэр» республикэ зэпеуэм зэрыхуэхьэзырым теухуауэ иригъэкIуэкIа зэIущIэм щыжаIащ стадионыр абы сыткIи зэрыхуэхьэзырыр. Хуей хъумэ, медицинэ Iуэхутхьэбзэхэр хуащIэнущ, концерти екIуэкIынущ. КIэщIу жыпIэмэ, фестивалыр гукъинэж хъуным теухуауэ районым и IуэхущIапIэ куэдым яхузэфIэкI ящIэнущ.
КIуантIэ Замирэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31422.txt"
} |
«Си сабийр шэнтжьейм исщ!»
КъБР-м щыIэ МВД-м и УГИБДД-м и жэрдэмкIэ «Си сабийр автошэнтжьейм исщ!» республикэпсо сурэт зэпеуэ фокIадэм и 1 — 15-хэм екIуэкIынущ, машинэм ирагъэтIысхьэ сабийм и шынагъуэншагъэм теухуауэ. Ар къыщIызэрагъэпэщар адэ-анэм мыр гурагъэIуэн папщIэщ: шэнтжьейм имыпхауэ машинэкIэ сабийр къепшэкIыныр шынагъуэщ.
Зэпеуэм къигъэувхэр къызэрыгуэкIщ: гъуэгум зэрыщызекIуэ хабзэм утетмэ, сабийр «зыIыгъ» шэнтжьейр къэбгъэсэбэпмэ, абы сурэт тех. ФокIадэм и 15 пщIондэ сурэтхэр евгъэхь хъунущ 07 [email protected]. электрон пощтым е жып телефоным и WhatsApp гуэдзэным и 8-918-725-07-11 телефонымкIэ, апхуэдэуи Налшык къалэ, 2-нэ Промпроезд, 18 хэщIапIэм.
Зэпеуэм щытекIуахэр фокIадэм и 20-м сыхьэт 15-м КъБР-м щыIэ МВД-м и УГИБДД-м и хэщIапIэм деж щагъэлъэпIэнущ. ТекIуахэм я сурэтхэр къызытещ баннерхэр ягъэхьэзырыну я мурадщ.
Ехлаковэ Иринэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31431.txt"
} |
Хэкупсэхэр ягъасэ
Кыщпэк къуажэм и ветеранхэм я зэгухьэныгъэм къызэщIеубыдэ цIыху 68-рэ. Абыхэм ящыщу Хэку зауэшхуэм и мафIэм пхыкIар Елъыхъу Шупагуэ и закъуэщ. А лъэхъэнэм и хьэзаб псори игъэващ къэралым и хуитыныгъэм зи псэр щIэзыта офицерым и фызабэ Нартыжь Нуржани. А нэхъыжьыфIхэри зэгухьэныгъэм хэт адрейхэри быдэу япыщIауэ ядолажьэ къуажэ унафэщIхэм, щIалэгъуалэм.
«КъыдгуроIуэ, нобэрей ди щIалэгъуалэр зыхэпсэукI зэманыр нэгъуэщIщ, дэ зыхэдмыщIыкI Iуэхугъуэ куэд пыщIащ абы, итIани, гъащIэм къыщызэднэкIа гъэунэхуныгъэхэм дызыхуаущияхэмкIэ абыхэм дадэгуэшэн хуейщ»,- жиIащ ветеранхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Бэч Нурбий.
ЩIэблэр хэкупсэу гъэсэн Iуэхум Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ убгъэдыхьэ хъунущ. Абыхэм гъэсэныгъэ-ущииныгъэ мыхьэнэ зиIэ зэIущIэхэр ядегъэкIуэкIыным къыщымынэу, къуажэм къыщрахьэжьэ сыт хуэдэ Iуэхугъуэми нэхъыжьхэм я псалъэ халъхьапхъэщ.
«нэхъыжьхэм я псэм и къулеягъэмрэ къыщалъхуа къуажэм хуаIэ лъагъуныгъэмрэ щIэблэм я дежкIэ щапхъэщ. А нэхъыжьыфIхэр гъащIэм къыхаха акъылымкIэ, IущыгъэмкIэ къыддэгуашэу къытхэтыныр ди дежкIэ сэбэпышхуэщ»,- жиIащ къуажэ администрацэм и унафэщI Бэч Алик.
Зэгухьэныгъэм хэтхэм къызэрыхагъэщымкIэ, кыщпэкдэс ныбжьыщIэхэм уигу зэзыгъабгъэ куэд яхэткъым. НэхъыжьыфI здэщыIэм нэхъыщIэфIи зэрыщыIэнум шэч хэлъкъым.
Алокъуэ Аринэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31434.txt"
} |
Къэбэрдей-Балъкъэрым егъэджэныгъэм щытрагъэкIуадэр къэкIуэну зэманым хуолажьэ
ФокIадэм и 1-м къару егъуэт «УФ-м зэрыщрагъаджэм и IуэхукIэ» законыщIэм. Абы Урысейм егъэджэныгъэмкIэ и системэм и Iуэхугъуэ зыбжанэ, къапщтэмэ, егъэджэныгъэмкIэ IуэхущIапIэхэр зэрызэхагъэкI щIыкIэр, куууэ ехъуэж, егъэджэныгъэм и IуэхугъуэщIэхэр, егъэджэныгъэмкIэ программэхэм я классификацэр еубзыху.
Къуаншагъэ илэжьа — IуагъэкI
Сурэтыр КЪАРЕЙ Элинэ трихащ Къэралым и щIыналъэхэм къапэщытащ а Iуэхум егугъуу зыхуагъэхьэзырыну: бюджетым и лъэныкъуэкIэ къабгъэдэхуэ полномочиехэм, щIыналъэм и экономикэ, лъэпкъ, демографие къыхэщхьэхукIыныгъэхэм ятещIыхьауэ хабзэ мардэхэм хэплъэжыну, абыхэм зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьэну е къару ямыIэжу къалъытэну, егъэджэныгъэм пыщIа Iуэхухэр зэблэзыгъэкI законыщIэхэр къащтэну. Къэбэрдей-Балъкъэрым икъукIэ егугъуу зыщыхуагъэхьэзыращ федеральнэ законыщIэм къару щигъуэтыну зэманым. Егъэджэныгъэм и Iуэхур КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен и нэIэм хэхауэ щIигъэтщ икIи мы IэнатIэм абы тэмэмагъ хелъхьэ. Къапщтэмэ, 2013 гъэм Зыуэ щыт къэрал экзаменхэр къыIаха нэужь къащта унафэ ткIийм къигъэлъэгъуащ мыхъумыщIагъэхэр яшэчыну властым и лэжьакIуэхэм зэрамымурадыр.
Рособрнадзорым къыщIигъэща мыхъумыщIагъэхэр куууэ зэпкърахащ. Абы ипкъ иткIэ жэуапым ирашэлIащ зи къулыкъукIэ зэхуэмыдэ цIыху зыбжанэ. ИрагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм къагъэлъэгъуахэм япкъ иткIэ, я IэнатIэхэм IуагъэкIащ КъБР-м Зыуэ щыт къэрал экзаменхэр щегъэкIуэкIынымкIэ жэуап зыхь къулыкъущIэхэр. Къанокъуэ Арсен къигъэуващ КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм егъэджэныгъэм и IэнатIэм кIэлъыплъынымкIэ и департаментым и унафэщIыр жэуап ткIийм ирашэлIэну икIи ар и къулыкъум IуагъэкIащ. Апхуэдэу трагъэкIащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэу егъэджэныгъэм пыщIа Iуэхухэм кIэлъыплъыну зи пщэ къыдэхуэр. Министрым выговор ткIий иратащ. Абы къалэн щащIащ егъэджэныгъэм и IуэхущIапIэ псоми я унафэщIхэр зыпэрыт къулыкъухэм зэрахуэфащэр фокIадэм и 1-м нэсыху щIипщытыкIыну.
МардэщIэхэм тету
ИкIэщIыпIэкIэ зэфIэгъэкIын хуей къыкIэлъыкIуэ Iуэхуу республикэм и Iэтащхьэм къигъэуващ сабий садхэр дяпэкIэ зэпэубыдауэ щымыгъэтыжыныр. ЩIэныгъэхэм я махуэм хуэзэу Къэбэрдей-Балъкъэрым Iуэху гуфIэгъуэ къыщыхъунущ — и бжэр сабийхэм яхузэIуихынущ Iэдииху къуажэм дащIыхьа курыт школым. Абы цIыху 550-рэ щIэхуэнущ.
2015 гъэм нэсыху республикэм щагъэзэщIэну я мурадщ егъэджэныгъэм ехьэлIа проект зыбжанэ. Иджыпсту Лэскэн районым щыщ Урыху къуажэм и школымрэ Прохладнэ къалэм дэт школ №8-мрэ къагъэщIэрэщIэж, Аруан къуажэм сабийуэ 185-рэ зыщIэхуэн еджапIэ дащIыхь. Шэрэдж районым щыщ Жэмтхьэлэ Ипщэ къуажэм сабий 320-рэ зэкIуэлIэн курыт школ дэщIыхьыным сом мелуан 77-рэ щыхухахащ республикэм и инвестицэ программэ пыухыкIам.
Школхэмрэ сабий садхэмрэ къэгъэщIэрэщIэжыным, ухуэным къыдэкIуэу, КъБР-м и унафэщIхэм гулъытэ хэха хуащI пэщIэдзэ щIэныгъэ зэрырагъэгъуэт мардэщIэхэр зэтегъэувэным. Апхуэдэ мардэщIэхэр республикэм и щIыналъэм 2010 гъэ лъандэрэ къыщагъэсэбэп. ИрагъэкIуэкIа гъэунэхуныгъэхэм къарикIуахэр тэмэму къалъытащ, абы къыхэкIыу иджы и апхуэдэ мардэхэмкIэ ирагъэджэнущ КъБР-м и пэщIэдзэ классхэм щIэс сабийхэм я процент 80-м нэблагъэр.
МардэщIэхэр къагъэсэбэпын папщIэ школхэм я инфраструктурэри ирагъэфIэкIуэн хуей хъуащ. Дызэрыт илъэсыр иухыху иджырей IэмэпсымэхэмкIэ къызэрагъэпэщынущ пэщIэдзэ классхэм я кабинету миным нэблагъэ.
— Апхуэдэ зэхъуэкIыныгъэ хъарзынэхэр къыщежьар дыгъуасэкъым. Iуэхухэр ефIакIуэу зэрыхуежьар дэ идохьэлIэ Къанокъуэ Арсен республикэм и Iэтащхьэу зэрагъэувам, — жеIэ Тырныауз къалэм дэт гимназие №5-м и унафэщI Моллаевэ ФатIимэ. — Ар еджапIэхэм щIэх-щIэхыурэ макIуэ, Iуэхухэр зэрекIуэкIым щыгъуазэ зещI. Ди гимназием и закъуэ ар тIэунейрэ щыIащ.
2006 гъэ лъандэрэ дэ зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэм, федеральнэ, щIыналъэ программэхэм дыхэтщ икIи абыхэм я фIыщIэкIэ ахъшэшхуэ къытIэрыхьэри, еджапIэр зэдгъэпэщыжащ, предмет щхьэхуэхэмкIэ классхэр зэдгъэпэщащ, иджырей Iэмэпсымэхэр къэтщэхуащ. «Европэм и школ» проектым дыхэтщи, абы ипкъ иткIэ ди сабийхэр Скандинавием щыщ къэралхэм дгъакIуэурэ зэман кIэщIкIэ щедгъэджэн тхузэфIокI. А псоми я фIыщIэкIэ, дэ къэралым и гимназие нэхъыфI дыдэу 100-м ящыщ дыхъуащ, республикэм и еджапIэ нэхъыфI цIэр къытфIащащ. Школхэм я нэхъыбэр мис апхуэдэ гъуэгум тетщ.
Моллаевэ ФатIимэ къыхегъэщхьэхукI: езы егъэджакIуэхэр я IэщIагъэм зэрыбгъэдыхьэ щIыкIэми зихъуэжащ. Иджыпсту дэтхэнэми и лэжьэкIэм хуэфащэ ахъшэ кърату зэрыхуежьам, и IэщIагъэмрэ щIэныгъэмрэ хигъэхъуэну Iэмалхэр иIэ зэрыхъуам къыхэкIыу педагогхэр лэжьыгъэм нэхъ егугъуу бгъэдохьэ. Абы псоми я сэбэп хэлъщ, сыту жыпIэмэ а IэнатIэр егъэфIэкIуэнымкIэ егъэджакIуэ лъэщым, зи IэщIагъэм хуэфащэм куэд елъытащ.
ЩIыналъэм гулъытэшхуэ щыхуащI егъэджэныгъэм и IэнатIэм щылажьэ псоми я щIэныгъэмрэ IэщIагъэмрэ зэрыхагъахъуэр егъэфIэкIуэным. Къапщтэмэ, хэхауэ къызэрагъэпэща курс щхьэхуэхэм информацэ-технологие Iуэхухэм щыхурагъэджащ республикэм и школ псоми я егъэджакIуэхэмрэ унафэщIхэмрэ я процент 90-м щIигъур.
Школым кIуэ сабий зиIэ унагъуэу КъБР-м исхэм я процент 80-м щIигъум езыхэм я бынхэр зэреджэм, школым зэрекIуалIэм теухуа информацэм электрон Iэмэпсымэхэр къагъэсэбэпурэ щыгъуазэ защIыфынущ. Абы папщIэ республикэм и школ псоми документхэр зэрыщызэрахьэр электрон Iэмалым хуагъэкIуащ. Псори дызэса класс журналхэр щыкIуэдыжыну зэманри жыжьэжкъым.
Электрон Iэмэпсымэхэр къагъэсэбэпурэ, сабийхэр я унэ къыщIэмыкIыу езыгъаджэ базовэ IуэхущIапIэхэр зэтрагъэуващ икIи ахэр зыхуеину IэмэпсымэхэмкIэ къызэрагъэпэщащ. Абы и фIыщIэкIэ сабийхэм, псом хуэмыдэу къуажэхэм щыIэ школ мыинхэм щеджэхэм щIэныгъэ тэмэм ягъуэт.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен жеIэ:
— Егъэджэныгъэм тебгъэкIуадэ ахъшэр зэи пщIэншэу кIуэдынукъым. Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм и лэжьакIуэхэм нэгъэсауэ къагуроIуэ ди къэкIуэнур — ди сабийхэр — зыхуей хуэгъэзэным къарууи мылъкууи диIэр етхьэлIэн зэрыхуейр. 2013 гъэм и закъуэ а Iуэхум хухах федеральнэ субсидиехэр сом мелуан 400-м щIегъу. Ди деж щагъэзащIэ КъБР-м и социально-экономикэ зыужьыныгъэм и илъэситху программэр. Абы ипкъ иткIэ гъуэгущIэхэр, лъэмыжхэр, школхэр, сабий садхэр, спорт комплексхэр яухуэ икIи а лэжьыгъэхэм адэкIи пащэ. Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым зегъэужьынымкIэ къэрал программэм зэрыхэтым и фIыщIэкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым 2025 гъэм нэсыху егъэджэныгъэм, узыншагъэр хъумэным, инфраструктурэм зегъэужьыным ятеухуа проектхэр гъэзэщIэным сом мелард 295-м щIигъу хухихынущ. Шэч лъэпкъ хэмылъу, абы экономикэм и зыужьыныгъэр щIигъэхуэбжьэнущ, республикэм и цIыхухэм я псэукIэр иригъэфIэкIуэнущ.
Псалъэм къыдэкIуэу
Тхьэмахуэ кIуам егъэджакIуэхэм я шыщхьэуIу зэIущIэр, «УФ-м зэрыщрагъаджэм и IуэхукIэ» законыщIэм къару зэригъуэтым къыхэкIыу КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ и IэнатIэм къыбгъэдэхуэ къалэнхэм щытепсэлъыхьар, Налшык щригъэкIуэкIащ УФ-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Ливанов Дмитрий. УФ-м и министерствэм и Iэтащхьэм къыхигъэщащ фокIадэм и 1-м ирихьэлIэу къару зыгъуэт хабзэ мардэщIэхэр цIыхухэр зэрыщыгугъым хуэдэу егъэджэныгъэр къызэгъэпэщыным зэрыхуэунэтIар. Ливановым жиIащ цIыхухэр школым куэдкIэ зэрыщыгугъыр. Абыхэм ящыщщ педагогикэм и иджырей технологиехэмрэ зыхуэфащэ тыншыпIэхэмрэ къызэгъэпэщыныр, лъэпкъ зэгурыIуэныгъэ зэтегъэувэныр, ауэ нэхъыщхьэ дыдэр егъэджэныгъэм и фIагъырщ.
КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Семэн Пщыкъан къигъэлъэгъуащ егъэджэныгъэм и Iэ- натIэм щат улахуэр ику иту республикэм и экономикэм къыщалэжьым нэхърэ процентибгъукIэ нэхъыбэ ящIын зэрахузэфIэкIар.
«Российская газета
Неделя» газет, №6168,
2013 гъэм шыщхьэуIу и 29-м
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31437.txt"
} |
НОБЭ
Шэшэн Республикэм щагъэлъапIэ цIыхубэ зэакъылэгъуныгъэмрэ зэкъуэтыныгъэмрэ я махуэр
Болгарием и зэкъуэтыныгъэм и махуэщ
Илъэси 185-рэ ирокъу Урысеймрэ Алыджымрэ дипломатие зэхущытыкIэ яIэ зэрыхъурэ.
1939 гъэм Налшык шыгъэжапIэ къыщызэIуахащ.
1942 гъэм ВЛКСМ-м и обкомым республикэм и щIалэгъуалэр къыхуриджащ нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэхэм ялъэкI псомкIи япэщIэувэну.
1991 гъэм Ленинград къалэм и цIэр Санкт-Петербургыу зэрахъуэкIащ.
2001 гъэм Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къэкIуащ.
КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Щэрдан Анатолэ и ныбжьыр илъэс 63-рэ ирокъу.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, уэшх тIэкIу къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 18 — 22-рэ, жэщым градус 13 — 15 щыхъунущ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31440.txt"
} |
Адыгэ щIалэгъуалэр Налшык щохьэщIэ
Тыркумрэ Иорданиемрэ я хьэрычэтыщIэ ныбжьыщIэхэр дыгъуасэ Налшык къеблэгъащ. Абыхэм я япэ зэIущIэр щекIуэкIащ «Синдика» хьэщIэщым.
Я мурад-гупсысэхэм щIэдэIуну, я упщIэхэм жэуап иритыну щIалэгъуалэм яIущIащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къуэдзокъуэ Мухьэмэд. Зэхыхьэм хэтащ КъБР-м цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин.
Хэкум къызэрыкIуэ визэхэм, Сочэ етIанэгъэ щекIуэкIыну Олимпиадэм, Сирием мы зэманым щекIуэкI зауэм, щIэныгъэм, адыгэ лъэпкъыр зэкъуэзыгъэувэжыну Iуэхухэм — куэд хъурт хьэщIэхэр зытепсэлъыхьамрэ зыщIэупщIамрэ. А псом фыщигъэгъуэзэнущ ди газетым и къыкIэлъыкIуэ къыдэкIыгъуэхэм ящыщ зым.
БАГЪЭТЫР Луизэ.
Сурэтыр МАМИЙ Руслан трихащ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31442.txt"
} |
Кучинэ Марие и текIуэныгъэ
Франджым и Руан къалэм щекIуэкIащ атлетикэ псынщIэмкIэ «Meeting International de Sotteville» дунейпсо зэхьэзэхуэ. Тренер Габрилян Геннадий и гъэсэн ди спортсменкэ Кучинэ Марие метр 1,92-рэ лъагагъыр къищтэри, зэпеуэм и дыщэ медалыр къихьащ.
Командэ зэпеуэу екIуэкIа а зэхьэзэхуэм дэтхэнэ къэралми къыбгъэдэкIыу спортсменитI — зы цIыхубзрэ зы цIыхухъурэ — хэтащ. Зэхьэзэхуэм кърихьэлIащ США-м, Италием, Франджым, Германием, Урысей Федерацэм, Украинэм, Балканхэмрэ Европэ Ищхъэрэмрэ я гуп къыхэхаитI. Псори зэхэту команди 8. Командэ зэхьэзэхуэм, илъэс ипэкIи хуэдэу, Урысейм и гуп къыхэхам етIуанэ увыпIэр къыщихьащ, США-м и командэр япэ иригъэщри. Америкэм и спортсменхэм очкои 137-рэ, Урысейм и командэ къыхэхам очкои 121-рэ къаIэрыхьащ, ещанэр Франджым и спортсменхэу очкои 118-рэ къэзыхьахэрщ.
УАРДЭ Жантинэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31445.txt"
} |
Щэнхабзэ IэнатIэхэр къызэIуихащ КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен
Абы къипщытащ Налшык къалэм щэнхабзэмкIэ и IуэхущIапIэхэм я щытыкIэр.
Сурэтыр КЪАРЕЙ Элинэ трихащ Республикэм и Iэтащхьэм Правительствэм къалэн щищIащ Музыкэ театрыр зыхуей хуэгъэзэным теухуа лэжьыгъэхэр мы гъэм зэфIигъэкIыну, абы хухаха сом мелуан 50-р тэмэму къигъэсэбэпыну, Театрхэм я уардэ унэм и теплъэм ехьэлIа лэжьыгъэхэр и кIэм нагъэсын папщIэ мылъку къигъуэтыну.
Апхуэдэу Къанокъуэ Арсен пщэрылъ ящищIащ «Налшык» Курзалыр зэрагъэпэщыжын икIи лажьэу яутIыпщын папщIэ зыхуеину сом мелуан 60,9-р 2014 гъэм КъБР-м и бюджетым къыщагъэлъэгъуэну. «КъэкIуэну гъэр Урысейм щагъэуващ Щэнхабзэм и илъэсу. Гъэмахуэм ирихьэлIэу Курзалыр ягъэхьэзырын хуейщ артистхэр щылэжьэн хуэдэу», — жиIащ КъБР-м и Iэтащхьэм.
КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31450.txt"
} |
Псалъэхэм я мыхьэнэр
ВакIуэ гъукIэ. Лэжьыгъэм, жылагъуэ зэхэтыкIэм епха терминщ. ВакIуэ дэкIынухэр япэм дзейуэрэ зэгухьэу щытащ. Апхуэдэхэм деж, жылэм гъукIэу дэсыр зэгухьа гупхэм трагуашэрт. Вэн-сэныр зэфIэкIыху, гъусэ зыхуэхъуа гупым и Iуэху фIэкIа гъукIэм ищIэртэкъым, абы хэтхэм я Iэмэпсымэхэр зыхуей хуигъазэу ядэлажьэрт. Абы пэкIуэу гъукIэм и унагъуэм и щIы Iыхьэри хуавэрт, жылэри хутрасэрт. Апхуэдэу гупым ядэлажьэ гъукIэм «ВакIуэ гъукIэкIэ» еджэрт. Вэн-сэныр зэфIэкIа иужь, гъукIэхэр я щхьэ хуэлажьэу щIадзэжырт.
ВакIуэдэкI (ВакIуэдэкI махуэ). Мэкъумэш лэжьыгъэм ехьэлIа псалъэщ. Япэ зэманым адыгэхэм пасэу щIадзэрти зыхуагъэхьэзырырт гъатхэм вакIуэ зэрыдэкIынум: зэрывэну Iэмэпсымэхэм кIэлъыплъхэрт, дзейуэ зэгухьэхэрт, гъукIэхэр зытрагуашэрт, н.къ. ИтIанэ махуэ гуэр хахырти, псори зэуIуу лэжьыгъэм зэдыщIадзэрт. А махуэм «ВакIуэдэкIкIэ» еджэрт.
ВакIуэ дзажэ. Лэжьыгъэм, адыгэ шхыныгъуэхэм епха терминщ. ВакIуэ щыдэкIкIэ здахь гъуэмылэм щыщ Iыхьэщ. Гъатхэм деж ерыскъыр къаймэщIэкIырт, абы къыхэкIыу вакIуэ дэкIхэм я гъуэмылэри нэхъыбэрэ зрагъэкъун хуей хъурт. ИтIанэ вэныр нэхъ лэжьыгъэ тыншу ябжырт, псалъэм папщIэ, мэкъуауэным нэхърэ. Мэкъуауэм хэт цIыхухъухэм лы нэхъыбэ ирагъэшхырт. ВакIуэ гъуэмылэр адрейхэм къыхрагъэщхьэхукIыну фIаща цIэщ.
ВакIуэихьэж. Мэкъумэш лэжьыгъэм ехьэлIауэ адыгэхэм ящIу щыта махуэшхуэщ. Зэдэууэ вэным зэрыщIадзам хуэдэу, псоми зэгъусэу ар яухырт. И Iуэху хуэмыхъуу зыгуэр яужь къинамэ, абы и щIы Iыхьэри хуавэрт. Апхуэдэу гъатхэ вэныр зэфIэкIа нэужь, гуфIэгъуэ зэхыхьэ ящIырт, ефэ-ешхэ, джэгу, шыгъажэ хуэдэхэр хэту. Абы «ВакIуэихьэжкIэ» еджэрт.
ВакIуэ къурмэн. Лэжьыгъэм ехьэлIа адыгэ хабзэщ. Гъатхэ вэн-сэным зыхуэгъэхьэзырыныр зэфIэкIа нэужь, лэжьыгъэм щIамыдзэ щIыкIэ губгъуэм тхьэлъэIу щащIырт. Абы щыхъуахъуэхэрт мэкъумэш илъэсыр угъурлы яхуэхъуну, вагъэбдзумэ махуэ иралъэну, гъавэ бэв къахуэкIыну, жылэр дунейм и къэхъукъащIэ шынагъуэхэм щихъумэну. Апхуэдэ тхьэлъэIум «ВакIуэ къурмэнкIэ» адыгэхэр еджэрт. Ар зэрыкъуажэу зэхыхьэуи, хьэблэ-хьэблэкIэрэ е дзей зэрыщIа гупкIэрэ ирагъэкIуэкI хъурт.
ВакIуэ махъсымэ. Лэжьыгъэм, шхыныгъуэхэм епха псалъэщ. Дзейуэ зэгухьауэ вэхэм я унагъуэм чейкIэ махъсымэ ящIырти, губгъуэм щыIэхэм хурагъашэрт. Абы «ВакIуэ махъсымэкIэ» еджэрт.
Думэн Хьэсэн.
Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31456.txt"
} |
МафIэсым къела гущэ
Инарыкъуей мафIэсым къела гущэ нобэр къыздэсым щахъумэ а жылэм щыпсэу Хьэщэ ТIырэ и унагъуэм.
ТIырэ Хэку зауэшхуэм хэтащ, илъэс куэдкIэ колхозым и механизатор пашэхэм ящыщу къекIуэкIащ. Ар езыр ирапIыкIащ нобэ я унагъуэм щахъумэ гущэм, зэрыжаIэмкIи, абы къихъукIащ ТIырэ и адэ Жыби. Жыбэ и ныбжьыр фIыуэ хэкIуэтат нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэр къуажэм къыщыдыхьам. Ар жылэм къыдадза лагъымым иукIауэ щытащ. А псор зэпэплъытыжмэ, шэч хэлъкъым гущэм и ныбжьыр илъэсищэм зэрыщIигъуам. Нобэр къыздэсым абы Хьэщэхэ я щIэблэ куэд ирапIыкIащ.
Гущэр иджыпсту щыIэхэм ебгъапщэмэ, абыхэм нэхърэ нэхъ лъахъшэщ, нэхъ бгъузэщ, ар бэрэжьейм къыхэщIыкIащ. Къапщтэмэ, сэ зэрысщIэмкIэ, а пхъэ лIэужьыгъуэм гущэ къыхащIыкIыжыркъым.
Хъымбэзэр Рашид.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31459.txt"
} |
Нахуэ жыIэнрэ нэ ищIынрэ
Лы къыIэрымыхьам дыгъужьым и дзэр ерегъэш.
Мэкъу хьэвэм мастэ хэзыIуам нэхъей.
Мыщэм зыщихъумэурэ мащэм ихуащ.
Нахуэ жыIэнрэ нэ ищIынрэ.
Нэгур гум и гъуджэщ.
Ныбэм имылъмэ, лъэр щIэкIыркъым.
Псым къыхадза бдзэжьейуэ ныджэм къытенащ.
Узэфыгъуэр къыптокIуэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31465.txt"
} |
Умыщхьэхыу сыту упсэлъэфрэ?
Пащтыхь гуэрым унафэ ищIат: къэралым щхьэхынэу исым хэплъыхьу я нэхъ щхьэхынэ дыдэу тIу къыхуашэну. Пащтыхьым жиIар унафэти, псоми хэплъэри, нэхъ щхьэхынэ дыдэу тIу къыхахри къыхуашащ.
ТIури къэтIысын щхьэхыу плIаплIэу гум илът. Пащтыхьыр къыщIэкIри еплъащ, унафэ ищIри гум кърыригъэхри, унэ нэщI гуэрым щIригъэлъхьащ. ЯщIэм кIэлъыплъыну хъумакIуи Iуигъэувэжащ. Жэщ-махуэ куэдкIэ хъумакIуэр якIэлъыплъащ, арщхьэкIэ щхьэхынитIри щылът замыгъэхъейуэ.
ИтIанэ пащтыхьым унафэ ищIащ ахэр зыщIэлъ унэм мафIэ щIадзэну.
МафIэр кIуэурэ зым деж нэсри и лым еIэ щыхъум:
— Си гугъэмкIэ мафIэ къытщIадзащ, — жиIащ зимыгъэхъейуэ здэщылъым.
— Умыщхьэхыу сыту упсэлъэфрэ? — жиIащ адрейр къэпсалъэри.
КъардэнгъущI Зырамыку.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31472.txt"
} |
Щхьэц налъэ тхъуа къыхэпчыну фIыкъым
Уэлбанэ щыхъунум и деж фэ шыуар псыIэ мэхъу.
Уи бзэгур шхэмэ, лыщIэ пшхынущ жаIэрт.
Уи пщIантIэкIэ псы дахыну фIыкъым.
Укъепсми ухущхьэми уи Iэр уи жьэм Iулъхьэ жаIэрт.
Щхьэц налъэ тхъуа къыхэпчыну фIыкъым.
Хьэр къугъуреймэ, гузэвэгъуэ щыIэу жаIэрт.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31474.txt"
} |
Псалъэзэблэдз
ЕкIуэкIыу: 1. Пщащэм хьэл- … дахэ хэлъщ. 3. ПамыупщIу гъэ техьа удз. 5. НэгъуэщI унагъуэм пIалъэкIэ ирату ирагъэпIа сабийм апхуэдэу йоджэ. 7. Дунейпсо Олимп джэгухэм жэз медаль къыщызыхьа Тау Хьэсэнбий и къуажэ. 8. Къудамэ куэд зытет жыг. 12. Гъуор жылэм яхыхьауэ яжреIэ: «… хъужыхэнхэ, зи лъэ вакъэ изылъхьэу хъуар къуажэбгъум деж щыIэ зэхуэсым фынакIуэ!» 13. ТхылъымпIэ зэрызэкIэрагъапщIэ. 14. КIыщокъуэ Алим и поэмэ. 15. Iэщхэм я тхьэ. 19. Джэду лъэпкъым щыщ хьэкIэкхъуэкIэ Iэл цIыкIу. 20. Шатэм, тхъуцIынэ гъэвэжам я дагъэ. 21. ПыIэ … е плъыфэ. 22. ЩIалэ мыин-мыцIыкIу. 25. « … зэшищ» — КъардэнгъущI Зырамыку игъэзащIэ уэрэдыжь е Къэбэрдей-Балъкъэрым шахматымкIэ и чемпион куэдрэ хъуа. 26. Къуажэ Iэтащхьэм … ищIащ уэрамхэр зэщIакъуэну. 29. КIыщокъуэ Алим и роман «Мазэ ныкъуэ щхъуантIэм» хэт щIалэщIэ е ди Къэбэрдей театрым и джэгуакIуэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист. 23. Псым и адрей лъэныкъуэмкIэ къыщылъ щIыналъэ. 31. Пхъэщхьэмыщхьэ гуащIэ цIыкIу. 33. Гъэмахуэ … е щIымахуэ…. 34. Хъыджэбз цIыкIухэр зэрыджэгу хьэпшып цIыкIу. 36. НэгъуэщIым и хьэпшып щэхуу зыгъэкIуасэ. 38. Мэкъу … . 42. … хиса жыгыр мэгъу. 44. Пхъэм къыхэщIыкIа кумбыгъэ ин. 45. Шэжыпс гъэфIэIуа. 46. Нысэу къашэну зыхуей цIыхубзым и адэ-анэм деж щIэупщIакIуэ зэрыкIуэм апхуэдэу йоджэ. 47. Къуаргъ лъэпкъым щыщ къуалэбзу. 48. Мывэ блын задэ.
Къехыу: 1. Республикэм, областым е къэралыгъуэм я къалэ нэхъыщхьэ. 2. Дыщэм нэхърэ нэхъ лъапIэ гъущIхэкI. 3. Къэбэрдей усакIуэ. 4. Бжэныфэм къыхэщIыкIа Iуданэ. 5. ЧнутIым зэреджэ нэгъуэщIыцIэ. 5. Iэщ псэуалъэм е хадэ ихьэпIэм хуащI «куэбжэ». 9. Иорданием и къалащхьэ. 10. Цы кIэщI щабэ зытет щэкI Iув. 11. Езыр-езыру къыщIэж псы. 16. ХэгъукI-хэфыкIыу щIэзыдза жыгым къытекIэ Iэгъэбэгу. 17. Бгы щIэуда. 18. Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ, уэрэджыIакIуэ. 19. Ставрополь щIыналъэм хиубыдэ къалэ-курорт, адыгэцIэ зэрихьэу. 23. Пасэрей зауэлI гъущI пыIэ. 24. Пасэрей зауэлI джанэ. 27. Удз пыупщIа сатыр. 28. Дыгъэ къыщIэкIыгъуэм уафэм къищI плъыжьыгъэ. 32. Япэ адыгэ щIэныгъэлIхэм ящыщ. Абы и цIэр зэрехьэ Налшык и уэрам нэхъыщхьэхэм ящыщ зым. 35. Чей «бгырыпх». 37. Напэ зимыIэм … иIэщ. 39. Пхъэщхьэмыщхьэ. 40. Вакъэ лъапщэ кIыхь. 41. Хэтхэ я унэ … тес? 43. Египетым адыгэхэр зэреджэр.
Зэхэзылъхьар
Мыз Ахьмэдщ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31478.txt"
} |
Лы Iыхьэ гъэжьахэр кIэртIоф бжьыныху щIэлъу
ЛыпцIэ щабэ дыдэр хуэхъурей щIыкIэу, пIащIэу зэпаупщI, г 100 — 150-рэ и хьэлъагъыурэ, псы щIыIэкIэ ятхьэщI, ягъэжэпхъри шыгъу, шыбжий сыр тракIутэри фIыуэ зэIащIэж, щIыIапIэ ягъэуври дакъикъи 5 — 7-кIэ щагъэт, шыгъур лым хыхьэн папщIэ.
КIэртIоф укъэбзар ягъавэ, ар зыхэвыкIа псыр тепщэчым иракIэ, абы бжьыныху уба халъхьэ, зэIащIэри и щхьэр трапIэж.
ТебэкIэ дагъэ къагъэплъ, абы лыпцIэ шыуа гъэжэпхъахэр иралъхьэ, тебащхьэр трапIэри дакъикъи 2 — 3-кIэ ягъажьэ, зэрагъэдзэкIри тебащхьэр тепIауэ мыдрей лъэныкъуэмкIи зы дакъикъэ хуэдизкIэ ягъажьэ, тхъуэплъ дахэ хъухукIэ. Абы кIэртIофыр зыхэвыхьа, бжьыныху уба зыхэлъ псыр щIакIэ, тебащхьэр трапIэжри мафIэ щабэ дыдэм тету дакъикъи 2 — 3 хуэдизкIэ ягъэбэкхъ.
ЯпэщIыкIэ тепщэчым кIэртIоф упщIэтар иралъхьэ, абы и щIыIум лы гъэжьар тралъхьэжри, тебэм къина дагъэмрэ псымрэ тракIэж. Яшх пщтыру, пIастэ, мырамысэ хуабэ, чыржын, хьэлIамэ, щIакхъуэ и гъусэу.
Халъхьэхэр (цIыхуитI Iыхьэ): былымыл лыпцIэу — г 300, нартыху дагъэу — г 50, кIэртIофу — г 400, бжьыныху укъэбзауэ — г 20, кIэртIофыр зыхэвыкIа псыуэ — г 130-рэ, шыгъуу, шыбжийуэ — узыхуейм хуэдиз.
«Адыгэ шхыныгъуэхэр»
тхылъым къитхыжащ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31481.txt"
} |
Ди хьэмыщэ фыкIэрыкI
Ди хьэмыщэ
Из и ныбэ?
Хьэ лэгъунэм
КъыщIэмыкI.
Хьэгулывэу
Абы хуэсхьыр
Джэд нэпсейхэм
ФIырашхыкI.
ТIэкIу яхуитI фIэкI
И дзэлыфэр,
Зыми и зэран
ЕмыкI.
Джэд нэпсейхэ,
Фэ и жагъуэ
ФымыщI мыщэ —
ФыкIэрыкI.
Сэ фэстынщ, лIэун,
Щыкъун,
Къывэлыжу
Фхурикъун!
Мэз Аниуар.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31483.txt"
} |
ФокIадэм и 9-р Дахагъэм и дунейпсо махуэщ
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31487.txt"
} |
Малъхъэдис
ЦIыхубз акъыл
АкъылыфIэу ялъытэ цIыхубз гуэрым мыр жиIащ:
— И лIыр зытемыукIытэн акъыл нэхърэ нэхъыбэ цIыхубзыр хуейкъым.
— Ар сыт щхьэкIэ? — жаIэу щеупщIым:
— Абы фIэкIмэ — щхьэпрехыщэри, езым и напэри зытрехыж, илIри егъэукIытэ.
ЦIыхум хуэдэ щыIэкъым
ЦIыхум нэгъуэщI цIыхум фIыгъуэрэ угъурлыгъэу хуищIэм хуэдиз хуэзыщIэфын нэгъуэщI псэущхьэ дуней псом теткъым. КIэщIу жыпIэмэ, цIыхур цIыхущIыжщ. Ауэ гуауэрэ гуIэгъуэу цIыхум адрей цIыхум ирищIэфым хуэдиз езыщIэфи щыIэкъым.
Адыгэ къэфэкIэхэр
Дэтхэнэ къэфэкIэми ар зей цIыхубэм я хьэл-щэныр, я щытыкIэр къегъэлъагъуэ икIи абы и тхыдэм и къекIуэкIыкIам быдэу пыщIащ.
Пщащэми щауэми я Iэпкълъэпкъыр зэрызэкIужыр, зэрылантIэр, Iэчлъэчу зэрыщытхэр, езыхэр зэрыIэдэбыр, зэрынэмысыфIэр къыщыфэкIэ наIуэу гъэлъэгъуа мэхъу.
«Ислъэмей» е урысхэм «кабардинка» жыхуаIэ къэфэкIэр зи къафэр къарууфIэхэмрэ IэкIуэлъакIуэхэмрэщ. ЩIалэгъуэмрэ гукъыдэжымрэ, зи псэ къэбырыбхэмрэ мафIэу къызэщIэплъахэмрэ я гур зыгъэтIыс къэфэкIэщ ар.
Уджыр зейр псэрщ. ФIыуэ плъэгъуам абы гъунэгъурэ псэлъэгъурэ ухуещI. Уи гум илъ псори хуикIут. ФIыуэ укъилъагъумэ, зы псалъэ щIылъэм тримыгъахуэу псори и гущIэм щигъэтIылъынщ.
Теунэ Хьэчим.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31489.txt"
} |
«Адыгэ пщащэ»
Акъыл жанрэ дахагъэкIэ щапхъэу къекIуэкI адыгэ пщащэр дунейпсо утыку йохьэ.
Жэпуэгъуэ мазэм, Адыгэ Республикэм и махуэр щагъэлъапIэм ирихьэлIэу «Адыгэ пщащэ» дунейпсо фестиваль-зэпеуэ Мейкъуапэ щекIуэкIынущ. Зэпеуэм къалэн нэхъыщхьэу зыхуигъэувыжыр ижь-ижьыж лъандэрэ лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуэ хабзэ дахэхэр, гъэсэныгъэ екIур ди щIэблэм нэхъ куууэ егъэцIыхунырщ. Адыгэ бзылъхугъэр дуней псом цIэрыIуэ щызыщIу, пщIэ лей къыщIыщыхуащIу щыта хьэлыфIхэр ди зэманми къызэрезэгъыр, ар зэрыдахэр иджыри зэ хьэкъ ящыщIыжынырщ абы и къызэгъэпэщакIуэхэм я мурадыр.
Адыгэ Республикэм ЩэнхабзэмкIэ и министерствэмрэ Щэнхабзэ центрымрэ жэрдэм ящIу къыхалъхьа «Адыгэ пщащэ» зэпеуэр «Урысейм и Щэнхабзэ (2012 — 2018 гъэхэм)» зыуэ щыт федеральнэ программэм хагъэхьащ.
Зэпеуэм хэт хъунущ Адыгэ, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм, Краснодар крайм, Москва, Санкт-Петербург къалэхэм, Урысей Федерацэм и адрей хэ-гъуэгухэм, Тыркум, Сирием, Израилым, Иорданием, Германием, Америкэм, Франджым, адыгэхэр щыпсэу нэгъуэщI къэралыгъуэхэм къикIа пщащэхэр (дэтхэнэми пщащэ щырыщ нэхъыбэ хигъэхьэну хуиткъым).
Зэпеуэм хэтыну ирагъэблагъэ зи ныбжьыр илъэс 17 — 25-м къриубыдэ, сантиметри 165-рэ нэхърэ мынэхъ лъахъшэ пщащэ нэмысыфIэхэр, адыгэ хъыджэбзым и жыпхъэм хуэкIуэ, гуакIуагъкIэ куэдым ефIэкI, IущагъкIэ и ныбжьхэм къахэжаныкI, зэфIэкI зиIэ нэрыбгэхэр.
Зэпеуэм хэтыну зыхуагъэфащэхэр щIыналъэхэм щыIэ Адыгэ Хасэхэм (Хасащхьэхэм) къыщыхахынущ.
ЕтIуанэ Iыхьэм, Мейкъуапэ жэпуэгъуэм и 1 — 5-хэм щекIуэкIынум, хъыджэбзхэм я зэфIэкIыр, акъылыр, щIэныгъэр, хабзэм зэрыхащIыкIыр, къызыхэкIам зэрахуэфащэр къыщагъэлъэгъуэнущ.
Япэрауэ, псалъэжьхэмрэ лъэпкъ Iущыгъэхэмрэ къагъэсэбэпурэ пщащэхэм Адыгэ Республикэм и махуэм хузэхалъхьа хъуэхъу дахэкIэ зыхуагъэзэну Iэмал иратынущ. КъыкIэлъыкIуэу тепсэлъыхьын хуейщ «Сэрэ сыкъызыхэкIа си лъэпкъымрэ» къызэщIрагъэубыдэ Iуэхугъуэхэм: зыщыщ лъэпкъыр, абы къыхэкIа цIыхушхуэхэр, адыгэм заужьын папщIэ ящIапхъэр, зэран къыхуэхъуу къилъытэ щхьэусыгъуэхэр къагъэлъагъуэн хуейщ (мы зэпеуэм пщащэм адыгэ фащэ щыщыгъын хуейуэ къегъэув). КъыкIэлъыкIуэр «Пщащэ унэ» зэпеуэрщ. Абы ипкъ иткIэ, хъыджэбзым и губзыгъагъыр, и анэдэлъхубзэр шэрыуэу зэрыIурылъыр, хъуэрыбзэкIэ зэрыпсэлъэфыр, зэманым зэрыдекIур, гъащIэм жыджэру зэрыхэтыр къигъэнэIуэнущ.
«Адыгэ шхын — узыншагъэм и къежьапIэ» зэпеуэм пщащэхэр зэрыпщэфIэфри адыгэ шхыныгъуэхэм зэрыхащIыкIри утыкум щагъэлъэгъуэнущ.
Зэпеуэм хуэтыну хуей пщащэхэр Къэбэрдей Адыгэ Хасэм фыкъекIуалIэ е мы телефонымкIэ (88662) 47-31-83 фыкъэпсалъэ хъунущ.
Щомахуэ Залинэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31494.txt"
} |
Къанокъуеи дэтщ мэжджыт
Ставрополь крайр иухыу Краснодар щIыналъэм ущихьэм деж япэу ухуозэ адыгэ къуажи 3 щыпсэу Успен районым. Псыжь и Iуфэм къетIысэкIа Кургъуокъуей нэхъыбэу дэсыр беслъэнейхэрщ. Ахэр цIыху миным щIегъу. Уарпыпсым дэкIуэ щIыпIэр псэупIэ зыхуэхъуа Щхьэщэхуж жылэр хуэди 4-м нэскIэ нэхъ инщ Кургъуокъуейм нэхърэ. Абы щопсэу цIыху мини 4-м нэблагъэ: бжьэдыгъухэр, абазэхэхэр, беслъэнейхэр, къэбэрдейхэр.
Адыгэ къуажи 3-м щыщу нэхъ цIыкIущ Къанокъуейр. Абы нэхъыбэу щыпсэур къэбэрдейхэрщ. ЦIыху 400 фIэкIа зыдэмыс жылэм и псэукIэр ефIакIуэ зэпытщ. Иджыблагъэ абы къыщызэIуахащ мэжджытыщIэ. Къуажэдэсхэр хуабжьу щыгуфIыкIащ илъэс 16 лъандэрэ екIуэкI ухуэныгъэр и кIэм зэрынэсам.
— ТхьэелъэIупIэ унэ дяпэкIэ дызэриIэнум хуабжьу дыщогуфIыкI къуажэдэсхэр. Ар ди мылъку хьэлэлрэ къарукIэ дэ езыхэм духуэжауэ жыпIэ хъунущ, — жаIэ къанокъуейдэсхэм. — ИпэкIэ дэ нэмэз тщIыну дыкIуэу щытащ Щхьэщэхуж къуажэм я мэжджытым. Иджы, Алыхьым и шыкуркIэ, апхуэдэ гугъуехьхэр ттелъыжынукъым: ди жылэми щаухуащ ТхьэелъэIупIэ дахэ. Зыужьыныгъэ, фIыгъуэ, узыншагъэ къытхурырехь абы къуажэдэсхэм.
КъатитIу зэтет мэжджытыр Краснодар крайм щылажьэхэм ящыщу еханэщ. Абы зэуэ Тхьэ щелъэIуфынущ цIыху 200-м щIигъу. Иджырей технологие мардэхэм ипкъ иткIэ яухуа а унэшхуэм цIыхухъухэмрэ бзылъхугъэхэмрэ нэмэз щащIыну пэшхэр зэпэщхьэхуэщ. Ахэр Iэхуитлъэхуитщ, нэхущ, алэрыбгъу екIухэр лъэгухэм идзащ. КъинэмыщIауэ, мэжджытым и пщIантIэм щаухуащ сабийхэм папщIэ ут цIыкIу, шхапIэ, цIыкIухэри инхэри КъурIэным щыхурагъэджэну мыдрисэ.
Iуэхум иращIэкIа гуфIэгъуэ зэхуэсыр къызэIуихащ икIи иригъэкIуэкIащ Къанокъуей жылэм и Iимам Хъущт Мурат.
— Ди къуажэм мэжджыт дяпэкIэ дызэриIэнур мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэщ абы щыпсэу дэтхэнэм и дежкIи. Абы и бжэхэр псоми дапщэщи яхузэIухащ, — жиIащ Хъущтым. — Къанокъуейдэсхэм яхэткъым мэжджытым и ухуэныгъэм зи къаруи, зи мылъкуи, уеблэмэ зи псэм щыщ Iыхьэ хэзымылъхьа. Угъурлы тхурырехъу а ТхьэелъэIупIэр псоми.
Къуажэдэсхэм я гуфIэгъуэр даIыгъыну зэIущIэм кърихьэлIащ адыгэхэр щыпсэу щIыналъэхэм, гъунэгъу жылэхэм я лIыкIуэхэр. Къанокъуейдэсхэм хъуэхъу псалъэхэмкIэ зыхуагъэзащ КъБР-м и Iимам Дзасэжь Хьэзрэталий, Адыгеймрэ Краснодар краймрэ я Iимам Къардэн Аскэрбий, Кавказ Ищхъэрэм и Iимам Бердыев Исмэхьил-хьэжы, Осетие Ипщэмрэ Ищхъэрэмрэ я Iимам Гацалов Хьэжмурат, Адыгэ Республикэм Жылагъуэ, дин, лъэпкъ IуэхухэмкIэ и къэрал комитетым и унафэщI Щхьэлахъуэ Аскэр, ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, Москва щылажьэ мэжджытхэм я Iимамхэр.
Мэжджытыр къыщызэIуахым иращIэкIа дауэдапщэм апхуэдэу хэтащ КъБР-м и Парламентым «Захуагъэ здэщыIэ Урысей» политикэ партым щиIэ фракцэм и унафэщI Кебеков Владимир, «Россельхозцентр»-м КъБР-м щиIэ къудамэм и унафэщI Блий Станислав, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, УФ-м щыпсэу адыгэхэм я щэнхабзэ автономием и тхьэмадэ Уэхъутэ Александр, ЩIДАА-м и вице-президент, КъШР-м и тхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и гуащэ Бэчыжь Лейлэ, Ставрополь къэрал медицинэ академием и ВертеброневрологиемкIэ и клиникэу Нартсанэ (Кисловодск) щылажьэм и унафэщI, «Луч» санаторэм и дохутыр нэхъыщхьэ, мэжджытыщIэр къыщызэIуаха Къанокъуей къуажэм щыщ Лий Адэлджэрий сымэ, нэгъуэщIхэри.
ТхьэелъэIупIэр апхуэдэу Iэтауэ къызэIуаха нэужь, абы мэрем нэмэзыр щащIащ. ХьэщIэхэри хэгъэрейхэри иужькIэ пэрытIысхьащ гуфIэгъуэм къыхуащта ерыскъы къабзэ зытелъ Iэнэ берычэтхэм.
ЖЫЛАСЭ Маритэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31498.txt"
} |
Вагъуэиж
Къардэн Къэбард Лэкъумэн и къуэм и гъащIэр ещхьт вагъуэижым — махуэ 257-рэщ ар Хэку зауэшхуэм зэрыхэтар. Дэфтэрхэм яхъумащ абы сыхьэтихым къриубыдэу и танкымкIэ нэмыцэ фашисту 50-м щIигъу зэриукIар, топу 5 зэрикъутар, къуентхъыу танки 7, топ 13, автомашинэ 78-рэ дыдейхэм къаIэрыхьэным ар зэрыхэлIыфIыхьар…
Совет Союзым и ЛIыхъужь Къардэн Къэбард теухуауэ щыIэ тхылъхэр мащIэщ. Ауэ абыхэм Аушыджэр щыщ адыгэлIыр къахощ Хэкум и бын пэжу, шынэ зымыщIэ танкисту, ныбжьэгъуфIу, цIыху хьэлэлу, сыт и лъэныкъуэкIи щапхъэу. Апхуэдэу ар щыдолъагъу, къэбгъэлъагъуэмэ, урыс тхакIуэ цIэрыIуэ Гарин Фабиян и тхылъым, 1963 гъэм Москва къыщыдэкIам, «Танкым телъ удз гъэгъахэр» зыфIищам. Абы къыхэтхащ мы пычыгъуэ цIыкIур.
* * *
— Ныбжьэгъу Къардэн, уэ нэхъыфIу зыкъэдгъэцIыхут, — жиIащ Боровицкэм.
ЩIым щыс сэлэтхэм къахэтэджыкIащ щIалэ къуэгъу, зи нэкIур дыгъэм къамылыфэу ижьар. Нэрылъагъут ар зэрыпIейтейр. КIэщI дыдэуи къиIуэтащ Кавказ къуршыжьхэм я лъапэм къызэрыщалъхуар, мэлыхъуэу зэрылэжьар, къалэшхуэ илъагъуну, еджэну зэрыщIэхъуэпсар.
— СыноупщIыну сыхуейт, — къэIуащ Кульдин и макъыр. — Уи сыт Совет Союзым и ЛIыхъужь хъуа Къардэн Къубатий?
— Си къуэшщ, — жиIащ щэхуу Къэбард.
Сэлэтхэр нэ гуапэкIэ еплъащ я ныбжьэгъум. Комбатым жиIэнIауэ хэтащ. Ауэ а напIэзыпIэм макъ лъагэкIэ зыгуэр къэджащ:
— ПсынщIэу фи машинэхэм фитIысхьэж!
Дакъикъэ зыбжанэ нэхъ дэмыкIыу зауэм и мафIэр щIэрыщIэу къызэщIэнащ… Танкищэхэр, кхъухьлъатищэхэр, топищэхэр зэщIэгъуахъуэрт. МафIэм исырт машинэхэр, псэупIэ унэхэр, шыгу зэщIэщIахэр, цIыху куэд. Пшагъуэмрэ Iугъуэмрэ зэхэтым ярейуэ, зэуапIэр кIыфI хъуат, шэ зэмыфэгъу зелъатэхэр къыхэлыдыкIыу… Бийр зы километркIи къэкIуэтэфакъым. ИхъуреягъкIэ щыплъагъурт нэмыцэ сэлэтхэмрэ офицерхэмрэ я хьэдэхэр, мафIэ бзийр зыщхьэщыт танкхэр…
Къардэн Къэбард егупсысырт бийм ебгъэрыкIуэу, я быдапIэр зэрызэпхитхъыным, адрей танкхэм гъуэгу зэрахуищIыным. Машинэр зыгъакIуэр старшина Трохинт. Къардэным и танкым и ужь итт Дегтярев, Бондарь сымэ зи унафэщIхэри… Бийм ди танкхэр здикIыну и гугъэр ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэти, абыкIэ зыщагъэбыдат, фIыуи загъэхьэзырат. Ар къыгурыIуэри, Трохиным унафэ хуищIащ шоссем текIыу губгъуэ гъуэгумкIэ игъэшыну. Дегтярев, Бондарь сыми къащIащ Къардэныр зыхущIэкъур. Ди танкхэр, лъэгумкIэ яунэтIри, къуажэм дэмыхьэу, къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ екIуэкIащ, зыкъагъазэри, къызэдилъащ.
— Гъуэжькуийм хуэдэу, — кIиящ Къэбард, Трохиным зыхуигъазэри, — бийм дытоуэри, хьэбэсабэ дощI!
Къуажэм къызэрыдэхутэу къалъэгъуащ ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэ загъэзауэ танкищ щыту. Къардэныр еуэри, зым Iугъуэ фIыцIэр къыщхьэщыуващ. Дегтярев игъэсащ етIуанэрей танкыр. Ещанэм зыкъигъэзэну хэтащ, ауэ хунэсакъым. Абыи техуащ Къэбард и топышэр.
Абдежым лъэныкъуэкIэ къыкъуэкIащ «Фердинанд» зыбжанэ. Къардэным и танкым къытелъэлъащ топышэр. Матюшкиныр уIэгъэ хьэлъэ хъуат, ауэ абы хузэфIэкIащ топыр иузэдыну. Къэбард и Iэр къиIэтри, къыхэщэIукIащ — лъыпсыр къыпыжырт…
— Къызэт бронебойнэр! — еджащ ар Матюшкиным.
Ауэ абы зыкъигъэхъеижыфыртэкъым. И къару псори зыхилъхьэри, топышэр къищтащ, ерагъыу топыр иузэдри, нэмыцэ танкым еуащ. Матюшкиным иужькIэ джэлащ Зайцевыр. Трохиным, адэ-мыдэкIэ зригъэгъазэурэ, гъуанэу блы зиIэ хъуа танкыр япэкIэ игъакIуэрт. Къардэным, къару телъыджэ гуэрхэр къыхыхьэжауэ, топыр иузэдурэ игъауэрт.
Еянэрей топышэр къыщытехуэм, Къэбард и нэхэр щыункIыфIыкIащ, псэкIэ зыхищIащ и гур удыным зэгуиудауэ лъыр уэру зэрыщIэжыр… А напIэзыпIэм къызэхихащ Бочковскэм и танкхэри къызэрысар, фашистхэр зэрикIуэтыр…
Бийм зэуэныр щигъэтри, гъэру зыкъитащ. Къуажэдэсхэр гъуанэпщIанэ хъуа совет танкым деж щызэхуэсащ. УкIыгъэ хъуа сэлэтиплIыр къыщрахым, фызыжьхэр, сабийхэр зэщIэгъуэгащ…
Мыгувэу ди танкхэр япэкIэ кIуэтащ. Бийр икIуэтыжырт…
ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31501.txt"
} |
Усэхэр
Ди анэм деж
ЖыIэмыдаIуэу, шэчыгъуейуэ
Бгырыс унагъуэм сыкъыщыхъут,
Ущие псалъэ къызжепIамэ,
Укъызэгиеу сэ къысщыхъут.
КIуащ илъэс Iэджэ. ЛIыпIэ сохьэ,
СлъокI гъащIэм ткIийуэ сэ зескун.
Ауэ сихьам иджы уи пащхьэ
Сабий цIыкIу хуэдэ сохъу Iэнкун.
Ди закъуэщ нобэ уэрэ сэрэ,
СыбзыщIкъым си гур зэрыхэщI.
Зи сабиигъуэу си щхьэ тхъуари
Уи куэщIым, мамэ, щызогъэщI.
Зэи хущIыхьэгъуэ къызамыту
Iуэху Iэджэм IипщIкIэ сэ саIыгъщ.
Къыплъысыр мащIэщ къуэ гулъытэу,
Ар жэщи махуи си гурыгъущ.
ГъащIэ хъыринэм сисщи сещIэу,
ПпэIэщIэ сыхъуу куэдрэ къохъу,
Дакъикъэ гуэрхэм сигу уиху сфIэщIу
СыкъоскIэ, си щхьэм си гур щIогъу.
Уэ угумащIэу, губгъэныншэу
Сыт щыгъуи хуэдэу укъызоплъ.
Уощатэ мащIэу, плъэмыкIыжу
Нэбжьыцым нэпсыр къыпфIыхоплъ.
Вагъуэр уафэгум щылыдауэ
Еух и гъащIэр — йожыр ар,
Уи щIалэ цIыкIур къэкIуэжауэ
Уи куэщI ирелъхьэ и щхьэ тхъуар.
ЗэзыдзэкIар ТХЬЭГЪЭЗИТ Зуберщ.
Кърухэр
Сэ къыщысфIэщI къысхуохуэр
сэлэт лIыфIхэу
Къинахэр лъы пцIам губгъуэ ириIам,
Псэр зыщIата я лъахэхэм щIамылъхьэу,
Кърухэу ихьэжауэ уэгу ущIам.
Иджыри къэс, апщыгъуэм къыщIадзауэ,
ЗыдагъэцIыхуу ахэм къат я макъ.
ДиплъэхукIэ уэгум, армырауэ пIэрэ
ДыщIэнэщхъейр зэфIэнэу ди тэмакъ?
Мис ноби, пщыхьэщхьэпэм и лъэхъэнэу
Солъагъур зэрыпхыкIыр кърухэр пшэм.
Итщ ахэр уэгум лIыгъэм и нэщэнэу,
Я гъащIэр ещхьу я псэр щата гъэм.
Итщ уэгум, итщ кърухэр езэшауэ,
Нэсами махуэр, зым зимыгъэпсэху.
А сатыр кIуэм, щIыпIэ нэщI гуэр къэнауэ,
Ар сызэрейр сфIощI ахэм къысхуаIуэху.
Къэсынщи пIалъэр, сэри къру гупым
СащIыгъуу ахъшэм уэгум силъэтэнщ.
Бзу макъкIэ сыздэщыIэм сыкъеджыхыу,
ЩIым сэ къытезна псоми сывэджэнщ.
ЗэзыдзэкIар НЭХУЩ Мухьэмэдщ.
Нэпс ткIуэпс
КIуащ БетIал и фэеплъу
«Си нэпс, щхьэ ухэт уэ си напэр тепхыну?
Бгырысым и нэпс
щигъэлъагъуэ къэхъуа?!
Е пфIэщIрэ си гуауэр
нэхъ мащIэ пхуэщIыну?
Хуэхьынкъым ар, жыпIэу,
сэ уигу къысщIэгъуа?
Дэ нобэ щIэтлъхьэжым
тыншакъым и гъащIэр,
Ар куэдрэ хэхуащ гузэвэгъуэ, бэлыхь.
ИтIани къэхъуакъым
ар цIыхухэм къыщащIэ, —
И нэпсыр игъэпщкIути, ихъумэрт и щIыхь».
Жэуапыр щэху дыдэу къетыжыр
нэпс ткIуэпсым:
«Гу слъатэу сэ цIыхухэм, къэпхьынум
емыкIу.
ЯжеIэ абыхэм ялъагъур мынэпсу,
АтIэ пшэм къыхэхуу къехауэ
ткIуэпс цIыкIу».
ЗэзыдзэкIар КЪАГЪЫРМЭС Борисщ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31504.txt"
} |
Ныбжьэгъухэм я псалъэ
Уасэ зимыIэ
УсакIуэхэр куэд мэхъу, куэдми я фIэщ мэхъу ахэр усакIуэу. Ауэ Гамзатов Расул хуэдэхэр мащIэ дыдэщ. Абы и IэдакъэщIэкIхэм уасэ яIэкъым, сыту жыпIэмэ адрейхэм ейм ещхькъым, апхуэдэу щыIэри а зы закъуэращ. Гамзатовыр лъэпкъ усакIуэщ, атIэми къэрал куэдым я щIэджыкIакIуэхэм къацIыху.
И япэ псалъэхэм деж щегъэжьауэ абы и усэхэр зытхар къыбощIэ. Ар сыт щыгъуи зым тетщ, зызымыхъуэжщ, Нэхущ вагъуэм идз нэхум зэрызимыхъуэжым, нэхущым нэхъыбэрэ блэуэ икIи нэхъ лыду къанэм хуэдэу. Гамзатовым зэчиишхуэ бгъэдэлъу къигъэщIащ икIи езым и дуней еплъыкIэ дахэ, щабэ, ин иIэжщ.
АЙТМАТОВ Чингиз. 1993 гъэ
Авар лъэпкъым и джакIуэ
Щхьэлыкъуэ щохьэщIэ. 1984 гъэ Гамзатов Расул литературэм къыхыхьащ Дагъыстэ- ным и авар лъэпкъ цIыкIум и гъащIэм и джакIуэу, абы хуэусэу, сурэтыщIым хуэдэу къуршыщхьэ ткIийхэмрэ ауз бгъузэхэмрэ гукъыдэж кърату… ИкIи и япэ усэхэмкIэ дигъэлъэгъуащ, сыт щыгъуи уэскIэ щIэгъэна къуршыщхьэхэм я дахагъэмрэ псы уэрхэмрэ я мызакъуэу, езыр къыщыхъуа щIыпIэм щыпсэу цIыхухэм я гумащIагъыр, цIыхуфIагъыр, хьэлэлагъыр. А псом Расул и псэр усэным къыхуагъэушащ.
АБАШИДЗЕ Григол. 1973 гъэ
ПсалъэкIэ къыпхузэщIэубыдэнукъым
Гугъущ Расул утепсэлъыхьыну, сыту жыпIэмэ усыгъэм и Iыхьэу къэплъытэ хъуну Гамзатов Расул псалъэкIэ къыпхузэщIэубыдэнукъым. А Iыхьэм езым и щытыкIэ иIэжщ, и инагъыр пхужымыIэным хуэдизщ. Абы и усыгъэр урысхэм, Совет Союзым щыпсэу нэгъуэщI лъэпкъхэм къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ. Ауэ Гамзатов Расул иджырей усыгъэм апхуэдизкIэ хэлъхьэныгъэшхуэ хуещIри, Союз псом и щIэджыкIакIуэхэм куэд щIауэ ягу ирихьу къокIуэкI. Расул усыгъэм хилъхьащ и щIыпIэм и плъыфэхэр, и мэ гуакIуэхэр икIи Совет Союзым и тхылъеджэхэм ахэр захригъэщIащ.
ТВАРДОВСКИЙ Александр. 1968 гъэ
Уэ къыпхалъхьа къарур
Гугъущ усыгъэр фIыуэ щалъагъу, щагъэлъапIэ, щыцIэрыIуэ къэралым и усакIуэшхуэу укъыщалъытэныр. Гугъущ Дагъыстэным, Аварым я усакIуэ инхэу Чанкэ, Махьмуд, Цадаса Гамзат сымэ щыпсэуам усыгъэм щыпыпщэну. Ауэ уэ ар пхузэфIэкIащ, къурш лъагэхэм, уи лъэпкъым къару къыпхалъхьати. Аращ уэ щIэджыкIакIуэ куэдым фIыуэ укъыщIалъэгъуар.
ТИХОНОВ Николай. 1973 гъэ
Хьэлэлагъэр къегъэуш
Абы и усэхэр лъагъуныгъэм, цIыхубзхэм, нэмысым- рэ лIыхъужьыгъэмрэ ятеухуащ икIи цIыхум и гум щигъэпщкIуа хьэлэлагъэр къегъэуш, гъащIэ дахэм къыхуреджэ. Ар зрегъэплъыж икIи нэхъыфIу щытыну хуей мэхъу, нэхъ лъагэу зелъагъуж, и щхьэм пщIэ хуищIыжу егъасэ. Усыгъэм аращ и къалэн нэхъыщхьэр.
КУГУЛЬТИНОВ Давид. 2000 гъэ
Псом япэ ирегъэщ
Дэ Гамзатов Расул зэрытцIыхур усакIуэущ (ар усакIуэщ и усэхэмкIи, и прозэмкIи, публицистикэ тхыгъэхэмкIи). Дэ Гамзатов Расул зэрытцIыхур цIыху нэсущ. А тIур зэгуэхыпIэ ямыIэу зэпхащ. Гамзатовыр фIыуэ плъагъуу щытмэ, абы къикIыркъым цIыху хэха гуэр фIыуэ плъагъуу, атIэ ар щыпсэу щIыналъэм пщIэ хуэпщIу, блэкIам и фэеплъ хабзэхэм уахуэпэжу пщэдейрей махуэм упежьэу аращ. ЦIыхуу ущытыныр — лъагъуныгъэ пхэлъынырщ. Аращ усакIуэ-лирикым псом япэ иригъэщыр.
МИХАЛКОВ Сергей. 1993 гъэ
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31507.txt"
} |
Лъэпкъ куэдым я усакIуэ Гамзатов Расул къызэралъхурэ пщэдей илъэс 90 ирокъу
АПХУЭДЭ ЩЫIЭКЪЫМ
Дагъыстэным и цIыхубэ тхакIуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Гамзатов Расул Дагъыстэн АССР-м и Хъунзахъ районым и Цадэ жылэм 1923 гъэм къыщалъхуащ. Аранинск курыт еджапIэмрэ Авар педучилищэмрэ къиуха нэужь, Гамзатовыр япэщIыкIэ егъэджакIуэу лэжьащ, Авар къэрал театрым и режиссерым и дэIэпыкъуэгъу IэнатIэм пэрытащ, иужькIэ «Къурш большевик» авар газетым и къудамэм и унафэщIу, Дагъыстэн радиокомитетым авар нэтынхэмкIэ и редактору щытащ. 1945 — 1950 гъэхэм ар щеджащ Горький Максим и цIэр зезыхьэ Литературэ институтым (Москва). ЩIэныгъэ нэхъыщхьэ зэзыгъэгъуэта Расул 1951 гъэм Дагъыстэным и ТхакIуэхэм я союзым и правленэм и унафэщIу хахащ.
Гамзатов Расул усэ итхын щIидзащ илъэси 9-м иту. Зэман дэкIри, абы и IэдакъэщIэкIхэр къытрадзэ хъуащ «Къурш большевик» авар газетым. И япэ усэ тхылъыр дунейм къытехьащ 1943 гъэм. ГъэщIэгъуэнракъэ, СССР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм ар щыхагъэхьам, Расул илъэс 20 ирикъуа къудейт. Абдеж щегъэжьауэ урысыбзэкIи, аварыбзэкIи, нэгъуэщI дагъыстэныбзэхэмкIи абы и усэ, прозэ тхыгъэхэр, тхылъхэр къыдагъэкIащ. ТхакIуэм и усыгъэр фIыуэ зылъэгъуахэм ягъэлъапIэ «Журавли», «Высокие звезды», «Письмена», «В горах мое сердце», «У очага», «Сказания», «Суди меня по кодексу любви», «О бурных днях Кавказа», «В полдневный жар», «Мой Дагестан», «Две шали», «Сонеты» и IэдакъэщIэкIхэр, нэгъуэщIхэри.
ТхакIуэ цIэрыIуэм и усэхэмрэ поэмэхэмрэ урысыбзэкIэ зэрадзэкIащ Сельвинский Илья, Городецкий Сергей, Липкин Семен, Нейман Юлие сымэ. Псом хуэмыдэу абы къыкъуэтащ и ныбжьэгъу-усакIуэхэу Гребнев Наум, Козловский Яков, Хелемский Яков, Солоухин Владимир, Мориц Юннэ, Ахмедовэ Маринэ сымэ. Езы Расул аварыбзэкIэ зэридзэкIащ Пушкиным, Лермонтовым, Некрасовым, Есениным, Блок, хьэрып усакIуэ Ходжи Абдул Хьэзиз сымэ я IэдакъэщIэкIхэр.
Михалков Сергей йодаIуэ. 1985 гъэ Гамзатовым и усэ куэд цIыхубэ уэрэд цIэрыIуэ хъуащ. Къыхэгъэщыпхъэщ усакIуэм и псалъэхэр зыщIэлъ уэрэдхэр пластинкэхэм, дискхэм тету куэдрэ къызэрыдэкIар. Расул ядэлажьэрт композитор цIэрыIуэхэу Френкель Ян, Фельцман Оскар, Паулс Раймонд, Антонов Юрий, Пахмутовэ Александрэ, Гасанов Готфрид, Кажлаев Мурад, Чалаев Ширвани, нэгъуэщIхэми. Абы и уэрэдхэр ягъэзащIэрт Герман Аннэ, Вишневская Галинэ, Магомаев Муслим, Бернес Марк, Кобзон Иосиф, Ротару Софие, Кикабидзе Вахтанг, Гнатюк Дмитрий, Гасановэ Муи, Омаров Магомед сымэ.
Лъэпкъ литературэм зегъэужьыным хэлIыфIыхьа Гамзатов Расул и гуащIэм къыпэкIуащ Совет Союзым, Урысейм, Дагъыстэным я цIэ лъапIэхэр, саугъэтхэр. ЦIыхубэ тхакIуэр Ленин саугъэтым, РСФСР-мрэ СССР-мрэ я Къэрал саугъэтхэм я лауреат хъуащ, «XX лIэщIыгъуэм и усакIуэ нэхъыфI» дунейпсо саугъэтыр, Азиемрэ Африкэмрэ я тхакIуэхэм я «Лотос» саугъэтыр къихьащ, нэгъуэщI ехъулIэныгъэ куэди иIащ.
Гамзатовыр Дагъыстэн АССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и депутату, ардыдэм и унафэщIым и къуэдзэу щытащ, СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и президиумым, КПСС-м и Дагъыстэн обкомым щылэжьащ. Илъэс пщIы бжыгъэкIэ ар РСФСР-м, СССР-м, Дагъыстэным я тхакIуэ зэхыхьэхэм лIыкIуэу хэтащ, нэгъуэщI къулыкъушхуэхэри иIыгъащ. Лениным и ордениплI, Октябрь зэщIэхъееныгъэм и орденыр, Лэжьыгъэм и Бэракъ Плъыжьыр — щэнейрэ къихьащ Гамзатовым. Хэкум зэрыхуэпэжым, ехъулIэныгъэхэр къыхуихьу зэрыщытам къыхэкIыу, 2003 гъэм фокIадэм и 8-м Урысейм и Президент Путин Владимир къэралым и тыгъэ нэхъыщхьэр — щихъ Первозванный Андрей и орденыр — хуигъэфэщащ.
Зэман зэхуэмыдэхэм Гамзатов Расул и усэ пшыхьхэр щрагъэкIуэкIыу щытащ Мэхъэчкъали, Москва и театрхэми, Будапешт, Берлин, Варшавэ, нэгъуэщI къалэхэми я щэнхабзэ центрхэм.
Налшык щохьэщIэ. 1964 гъэ УсакIуэм и къалэмыпэ къыщIэкIахэмкIэ Оперэмрэ балетымкIэ Ленинград театрым щагъэуващ «Горянка» балетыр, СатирэмкIэ Москва и театрым щагъэлъэгъуащ «Мой Дагестан» спектаклыр. Псори щыгуфIыкIат Цадаса и цIэр зезыхьэ авар музыкэ драмэ театрым и утыку «В горах мое сердце», «Берегите матерей», «Горянка» спектаклхэр зэрыща-гъэлъэгъуам. Иужьрейр СССР-м и театр куэдым я репертуарым хагъэхьат.
ЦIыхубэ тхакIуэм и гъащIэмрэ и лэжьыгъэмрэ теухуауэ литературэджхэм куэд ятхащ, тхылъхэр къыдагъэкIащ. Гамзатовым и гъащIэм щыщ Iыхьэхэр къэзыгъэлъагъуэ «Кавказец родом из Цада», «Белые журавли», «Расул Гамзатов и Грузия» документальнэ фильм кIэщIхэр, и тхыгъэхэр зи лъабжьэ «Горянка», «Сказание о храбром Хочбаре» художественнэ фильмхэр трахащ.
Гамзатовыр Европэм, Азием, Африкэм, Америкэм, нэгъуэщI къэралхэми щыIащ, ар ирагъэблагъэу щытащ къэрал къулыкъущIэхэм, пащтыхьхэм, лIыщхьэхэм, сурэтыщIхэмрэ тхакIуэхэмрэ.
И унагъуэр: Расул и щхьэгъусэ Патимат дунейм ехыжащ 2000 гъэм, пхъуищрэ пхъурылъхухэмрэ къащIэхъуащ. Гамзатовым и къуэш нэхъыжьитI Хэку зауэшхуэм хэкIуэдащ. И къуэш нэхъыщIэр — Гаджи — щIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием и академикщ.
2003 гъэм щэкIуэгъуэ мазэм Гамзатов Расул дунейм ехыжащ. Ар щыщIалъхьэжащ Мэхъэчкъалэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31510.txt"
} |
МазитIкIэ дызыпэплъа текIуэныгъэ
Урысей Федерацэм футболымкIэ и япэ дивизионым 2012 — 2013 гъэхэм щекIуэкI зэхьэзэхуэм ипкъ иткIэ, «Спартак-Налшыкым» вэсэмахуэ къригъэблэгъат Белгород и «Салют»-р. 54-нэ дакъикъэм Руа Карлос метр пщыкIузым и деж щыту дигъэкIа топым и фIыгъэкIэ ди щIалэхэр 1:0-у текIуащ. Апхуэдэ ехъулIэныгъэ налшыкдэсхэм зэрамыIэрэ мазитIым нэблэгъащ.
Спартак-Налшыкымрэ» «Салют»-мрэ я зэIущIэр зэрекIуэкIамрэ зи чэзу джэгуэгъум и ужькIэ турнир таблицэм игъуэта теплъэмрэ ятеухуа тхыгъэ ди газетым и къыкIэлъыкIуэ къыдэкIыгъуэм тетынущ.
Хьэтау Ислъам.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31517.txt"
} |
Сымаджэщым и пщIантIэр псыутххэмкIэ ягъэдахэ
Республикэ клиникэ сымаджэщым и пщIантIэр зэуэ псыутхитIым ягъэдэхэнущ. Зыр сымаджэщым и щIыхьэпIэ нэхъыщхьэмрэ абы и хирургие къудамэмрэ я зэхуакум, адрейр Лъынтхуэ узыфэхэм щеIэзэ центрым и гъунэгъуу щытынущ. Абы епха лэжьыгъэхэр жэпуэгъуэ мазэм ирихьэлIэу яухыну я мурадщ.
Республикэ клиникэ сымаджэщым и пщIантIэр сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей хуэгъэзауэ щытынущ бжьыхьэм и кIэм ирихьэлIэу. Сымаджэщым и пщIантIэм удэзышэ, абы и къудамэхэр зэпызыщIэ лъэс лъагъуэхэр плиткэкIэ къращIыкI. Апхуэдэу абы щIэлъхэмрэ щIэупщIакIуэ къакIуэхэмрэ папщIэ зыгъэпсэхупIэ пщыIэ цIыкIуу 28-рэ ящIынущ, тетIысхьэпIэу 16 ягъэувынущ. ЦIыхухэм я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщын папщIэ сымаджэщым и пщIантIэм видео Iэмэпсымэхэр щагъэувынущ.
Уэдыжь Ислъам.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31519.txt"
} |
Хьэхэм зыкърах
САС лIэужьыгъуэм хиубыдэ хьэхэм я урысейпсо зэхьэзэхуэ Налшык щекIуэкIащ. «Бжьыхьэ Кавказ» зыфIаща зэхыхьэр къызэригъэпэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и кинологхэм я «Дог-Престиж» жылагъуэ зэгухьэныгъэм, республикэм ЦIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министерствэр и дэIэпыкъуэгъуу.
Москва, Санкт-Петербург, Волгоград, Таганрог, Став- рополь, Краснодар къалэхэм, Къэбэрдей-Балъкъэр, Дагъыстэн, Осетие Ищхъэрэ — Алание республикэхэм къраша хьэ лIэужьыгъуэ гъэщIэгъуэнхэр ди щIыналъэм и цIыхухэм зрагъэлъагъуфам и закъуэкъым, ягу ирихь хьэ пшырыр къащэхунуи Iэмал яIащ.
Гъэлъэгъуэныгъэм и къэпщытакIуэу щытащ FCI дунейпсо классым и IэщIагъэлI, Киев щыщ Гончарук Ольгэ. «Дог-Престиж»-м и унафэщI Литвиновэ Надеждэ зэрыжиIамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу зэIущIэм хэтхэм я бжыгъэр мы гъэм нэхъыбэ хъуащ, Налшык и мызакъуэу, районхэми кърашащ унагъуэ псэущхьэ гъэфIэнхэр. Абыхэм ящыщ куэдым «ЛIэужьыгъуэм и хьэ нэхъыфI» цIэ лъапIэр фIащащ. Къызэхуэсахэм ялъэгъуащ Кавказ Ищхъэрэм щызакъуэтIакъуэ, Мексикэм къыщагъэхъуа хьэ джафэ, бордо хьэ лIэужьыгъуэхэм щыщхэр.
Гъэлъэгъуэныгъэм и «бест юниор» Iыхьэм нэхъыфIу къыщалъытащ кане корса лIэужьыгъуэм щыщу Владикавказ кърашар. ЕтIуанэ увыпIэр лъысащ ЕсэнтIыгу щыщым и шпиц хьэм, ещанэ хъуащ владикавказдэсым и лабрадорыр. «Бест ин шоу» Iыхьэм текIуэныгъэр къыщахьащ цвергпинчерым (ЕсэнтIыгу къалэ), таксэм (Ставрополь), мексикэ хьэ джафэм (Владикавказ).
Пщыгъуэш Iэсият.
Сурэтхэр БЕЛЫХ Наталье трихащ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31523.txt"
} |
Пуду кърашэкI
«Грант» ООО-мрэ КъБР-м Лэжьыгъэмрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм Налшык къалэм цIыхухэм Iуэхутхьэбзэ щахуэзыщIэ и центрымрэ зэращIылIа зэгурыIуэныгъэм тету, мы гъэм мэкъуауэгъуэм и 1 лъандэрэ «Социальнэ такси» программэр ягъэзащIэ.
Ар тещIыхьащ центрым щатха цIыхухэр нэхъ пуду къешэкIыным. Зэ итIысхьэгъуэм къалэ кIуэцIым абы щыхуэзэр тумэнитхущ. «Грант» ООО-м шыщхьэуIу кIуам социальнэ Iуэхутхьэбзэ зэмылIэужьыгъуэу 27-рэ зэфIигъэкIащ. Ахэр щыхуащIэр Налшык къалэрщ.
Центрым щолажьэ хьэпшыпыщIэхэмрэ зыхуэмеижхэмрэ зэхуэзыхьэс фонд. ХуэмыщIауэ, унагъуэшхуэхэм ящыщу, щытыкIэ гугъум къихутауэ захуэзыгъэза цIыху 200-м щIигъум шыщхьэуIу кIуам центрым шэджагъуашхэ яригъэщIащ.
ТОКЪМАКЪ Мадинэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31527.txt"
} |
УнэтIыныгъэхэр куэд мэхъу
«IэнатIэхэр зэрызэпэубыдар къэгъэщэбэным хуэунэтIауэ щхьэхуэу лэжьыпхъэхэм я программэм» мы гъэм цIыху 568-рэ хэтщ.
Зи зэфIэкIкIэ зэхуэмыдэу лэжьыгъэ IуэхукIэ къэралым и дэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэхэм ятещIыхьа программэм унэтIыныгъибл иIэщ. Апхуэдэщ IэнатIэр зыфIэкIуэдынкIэ хъунухэм, IэщIагъэ зэзыгъэгъуэтахэм, зи узыншагъэр мыщIагъуэхэм, нэгъуэщI щIыпIэхэм щылэжьэну е я унагъуэр ящIыгъуу Iэпхъуэну хуейуэ IэнатIэ къэзылъыхъуэхэм защIэгъэкъуэным теухуахэр.
КъБР-м цIыхухэр лэжьапIэкIэ къызэзыгъэпэщ и къэрал комитетым программэхэмкIэ и къудамэм и унафэщI Тхьэщыгъуей Заур зэрыжиIамкIэ, езыхэр я щIэгъэкъуэну зи Iуэху къыдэзыхыжа IэнатIэншэхэм мылъку яхухэхыным гулъытэ хэха хуащI. ЛэжьапIэншэу ятхахэм папщIэ IэнатIэ щхьэхуэ къызэIузыххэм субсидиехэр пщIэншэу ират. ЩIыпIэхэм щаIэ я къудамэхэр ящIыгъуу, апхуэдэ хьэрычэтыщIэхэр егугъуу къыхах, налогхэмкIэ, бюджетым щымыщ фондхэмкIэ щIыхуэ ятелърэ ятемылърэ комиссэ хэхам къепщытэ.
ХЪЫДЗЭ Мурат.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31529.txt"
} |
«Анэ мылъкум» и фIыгъэкIэ къахэхъуащ япэ классым кIуэхэм
2013 — 2014 гъэ еджэгъуэщIэм щIидзэжащ. ГуфIэгъуэ зэхыхьэхэр иращIэкIыу республикэм и еджапIэ псоми я бжэхэр зэIуахыжащ. Загъэпсэхуауэ партэхэм дэтIысхьэжащ еджакIуэ 90123-рэ, абыхэм ящыщу 9221-р япэ классым кIуа цIыкIухэрщ.
Анэм и мылъку» федеральнэ программэр къыщыхалъ- хьа лъэхъэнэм, 2006 — 2007 гъэхэм еплъытмэ, ди республикэм мы илъэсым япэ классым щыщIэтIысхьа цIыкIухэм я бжыгъэр 612-кIэ нэхъыбэщ. Гъэ еджэгъуэщIэм и япэ махуэм школ пщIантIэхэр ягъэдахэрт шар гъэпща зэмы-фэгъухэм, удз гъэгъа зэхуэмыдэхэм. Апхуэдэу махуэшхуэм щIэщыгъуагъ къыхилъхьэрт сабийхэм екIуу школ фащэхэр зэращыгъым.
УФ-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Ливанов Дмитрий республикэм и егъэджакIуэхэм я шыщхьэуIу зэIущIэм къыщыщыпсалъэм къыхигъэщащ мы илъэсыр адрейхэм къазэрыщхьэщыкIыр. «Урысей Федерацэм щIэныгъэ зэрыщрагъэгъуэтым и IуэхукIэ» федеральнэ законым фокIадэм и 1-м къару зэригъуэтам къыхэкIыу а IэнатIэм щыIэ къалэнхэм зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьэнущ. Абы зэхэхауэ къыщыгъэлъэгъуащ пщIэ щIамыту щIэныгъэ зрагъэгъуэтынымкIэ щыIэ хуитыныгъэхэр, сабий зэчиифIэхэм яхуэщIыпхъэ гулъытэр зыхуэдэр.
Апхуэдэу мы гъэ еджэгъуэм къэралым юбилей махуэшхуэ куэд иIэнущ: славян тхыбзэр илъэс 1150-рэ, Мономах Владимир и хабзэхэр илъэс 900, Федоров Иван и япэ урысей типографиер илъэс 450-рэ, Романовхэ я лъэпкъыр илъэс 400, Санкт-Петербург илъэс 310-рэ, Курск зауэр илъэс 70, УФ-м и Конституцэр илъэс 20 зэрырикъухэр ягъэлъэпIэнущ. ЕгъэджакIуэхэм я къалэнщ апхуэдэ махуэшхуэхэм я мыхьэнэр ныбжьыщIэхэм нэсу зыхрагъащIэу ахэр хэкупсэ нэсу къагъэтэджыну.
Ныбэжь Таисэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31531.txt"
} |
Тыгъэ хуащI
«Урысей зэкъуэт» партым къызэригъэпэща «Урысейм и дежкIэ дэтхэнэ сабийри лъапIэщ» Iуэхум хэту, Шэджэм щIыналъэм и щIыпIэ гъэзэщIакIуэ комитетымрэ партым и щIыналъэ политикэ советымрэ я лIыкIуэхэр щыIащ сабий зеиншэхэр щапIу Нартан дэт школ-интернат №5-м.
ЩIыпIэ политикэ советым и секретарь, куейм и щIыпIэ администрацэм и унафэщI Бакъ Руслан къыбгъэдэкIыу гъэзэщIакIуэ комитетым и лэжьакIуэхэр сабийхэм ехъуэхъуащ гъэ еджэгъуэм зэрыщIадзэжамкIэ икIи спорт Iэмэпсымэхэр тыгъэ хуащIащ, IэфIыкIэхэр хуагуэшащ. Апхуэдэуи интернатым иратащ зэрытхьэщIэ-зэрыжьыщIэхэр, къабзэлъабзагъэм зэрыкIэлъыплъхэр.
Интернатым и унафэщI Алишанов АлисулътIан фIыщIэ хуищIащ Бакъ Руслан икIи къыхигъэщащ куей администрацэм и фIыгъэкIэ мы гъэм школым бжэ-щхьэгъубжэхэр зэрахъуэкIын, классщIыб, щIэныгъэ щызрагъэгъуэт пэшхэр зыхуей хуагъэзэн, пщIантIэм удз гъэгъахэр щыхасэн гъэ еджэгъуэщIэм зыхуагъэхьэзырын, еджакIуэхэм зэрытхэну Iэмэпсымэхэр хузэрагъэпэщын зэрахузэфIэкIар.
КIарэ Элинэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31533.txt"
} |
Щапхъэ трах
Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыблагъэ щекIуэкIа зэIущIэм абы и лэжьакIуэхэм къыщапщытэжащ 2012 — 2013 гъэ еджэгъуэм зэрехъулIар икIи адэкIэ къапэщытхэр щаубзыхуащ.
Зэхыхьэм хэтащ КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэм- кIэ и министр Семэн Пщыкъан, Парламентым Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и комитетым и унафэщI Дадэ МуIэед, республикэм цIыхубэ егъэджэныгъэм и лэжьакIуэхэм я профсоюзым и комитетым и тхьэмадэ Карныш Сергей, ЛэжьыгъэмкIэ къэрал инспекцэм и унафэщI Мэремкъул Арсен, БизнесымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтымрэ КъБКъМУ-рэ я ректорхэу Хъурей Феликсрэ Щыхьмырзэ Мухьэмэдрэ.
Къарэмырзэ Барэсбий зэIущIэр къызэIуихри, зыубгъуауэ тепсэлъыхьащ блэкIа илъэсым зэфIагъэкIахэмрэ гъэ еджэгъуэщIэм къалэн нэхъыщхьэу яIэхэмрэ. Абы и псалъэхэм къызэрыхэщамкIэ, университетыр хохьэ къэралым и еджапIэ нэхъыщхьэхэм ящыщу нэхъыфIу къагъэлъэгъуа 19-м. Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и еджапIэ нэхъыщхьэхэм ебгъапщэмэ, сыт хуэдэ IуэхукIи абыхэм я деж бжьыпэр щиIыгъщ. Урысей Федерацэм и Ипщэ лъэныкъуэр къапщтэмэ, КъБКъУ-м япэ итыр Ипщэ федеральнэ университетым и закъуэщ.
— Апхуэдэ увыпIэм зыщыбгъэбыдэн папщIэ, Урысейм и мызакъуэу, дуней псом и егъэджэныгъэ IэнатIэм щекIуэкIхэм фIыуэ хэпщIыкIыу щытын хуейщ, — жиIащ Къарэмырзэм. — IэщIагъэ, щIэныгъэ щрагъэгъуэт IэнатIэхэм щекIуэкI Iуэхухэм псынщIэу заужь. Псом япэрауэ, зэманым къегъэув егъэджэныгъэ технологиещIэхэр лэжьыгъэм къыщыгъэсэбэпыныр. Абыхэм псынщIэу щыгъуазэ захуэтщIу, ди лэжьыгъэм хэтпщэну дызэрыхущIэкъум куэдкIэ елъытащ нобэ диIэ ехъулIэныгъэр.
Ректорым къызэхуэсахэм гу лъаригъэтащ адэкIи заужьын, ехъулIэныгъэхэр зыIэрагъэхьэн папщIэ Iэмал имыIэу егъэджэныгъэм и жыпхъэщIэхэм тету я лэжьыгъэр зэраубзыхупхъэм, апхуэдэу УФ-м, хамэ къэрал щыIэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм зэпыщIэныгъэ быдэхэр хуаIэн зэрыхуейм. Къапщтэмэ, мы зэманым КъБКъУ-р ядолажьэ хамэ къэралхэм щыIэ еджапIэ нэхъыщхьэу 45-м, щIэныгъэ центрхэм, фирмэхэм. Мы гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэм университетым щекIуэкIащ геофизикэмкIэ дунейпсо конференцэ. 2011 гъэ лъандэрэ КъБКъУ-м, Берлин дэт Хуитыныгъэ университетым, Ош къалэм и университетым зэгъусэу ягъэзэщIащ «Проектхэмрэ зыужьыныгъэмрэ» илъэсищ программэм къигъэувхэр. Мы илъэсым КъБКъУ-мрэ Берлин къалэм дэт Гумбольдт и университетымрэ щIадзащ къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкIын.
Къарэмырзэ Барэсбий и псалъэхэм къызэрыхэщамкIэ, университетым зиужьынымкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ езым и щхьэр зэригъэпсэужыфын мылъку къилэжьыжыфу щытыным. «ЕджапIэ нэхъыщхьэхэм къэралым яхуиутIыпщ мылъкур гъэмэщIэным теухуа Iуэхухэр дуней псом щокIуэкI, — пищащ ректорым. — Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэр псом я дежи нэсынущ. Университетым и къалэныр фIэмыкIуэду къызэтенэжын папщIэ сыт щIэн хуейр? Абы папщIэ ар хьэрычэтыщIэ университет жыхуиIэм хуэкIуэн хуейуэ аращ. Мыбдежым гу лъытапхъэщ ар коммерческэу зэрыщымытым, а тIум я мыхьэнэр зэхуэдэкъым».
Егъэджэныгъэ Iуэхухэр зэрекIуэкIым и гугъу щищIым, Къарэмырзэм къыхигъэщащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм нэхъыбэу щахуримыкъу IэщIагъэхэм елъытауэ къудамэ щхьэхуэхэр къызэрызэрагъэпэщар, я лэжьакIуэхэм я зэфIэкIым арэзы къызэрищIыр, республикэм и экономикэм и унэтIыныгъэ зэхуэмыдэхэм пэрытхэм я Iэзагъэм хэгъэхъуэнымкIэ университетым щытыкIэ псори къызэрыщызэгъэпэщар.
Университетым щIэтIысхьэхэм я бжыгъэр илъэс къэс нэхъ мащIэ хъууэ екIуэкI псалъэмакъхэр зэрылъабжьэншэми щытепсэлъыхьащ зэIущIэм. «Иужьрей илъэсищыр къапщтэмэ, ди университетым щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызэзыгъэгъуэтыну къакIуэхэм я бжыгъэм кIэрыхуауэ схужыIэнукъым. ЕдгъэкIуэкIа къэпщытэныгъэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, къэтщтэн хуей цIыху бжыгъэм нэхърэ фIыуэ нэхъыбэщ зи тхылъ къэзытхэр».
Гъэ еджэгъуэщIэм зыхуагъэувыжа мурадхэр зыхуэгъэзар университетым и зыужьыныгъэрщ. Апхуэдэу къалэн зыщащIыжащ хамэ къэралхэм щыIэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм я лэжьэкIэм нэхъ куууэ щыгъуазэ зыхуащIыну, абыхэм я Iуэху бгъэдыхьэкIэхэм щапхъэ трахыну. КъищынэмыщIауэ, мы илъэсым къэзэIуахыну я гугъэщ щIэуэ яухуа хъыбарегъащIэ центрыр.
ЗэIущIэм и кIэм щIэуэ хахыжащ университетым и щIэныгъэ советым хэтынухэр, улахуэр зэрат жыпхъэщIэм хэплъащ, лэжьапIэ IэнатIэ къезытым гупым иращIылIауэ щыта зэгурыIуэныгъэм зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьащ.
ЩхьэщэмыщI Изэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31536.txt"
} |
Мы махуэхэм
Москва къалэм и махуэщ
Бразилие Федеративнэ Республикэм и лъэпкъ махуэшхуэщ — щхьэхуит щыхъуар (1822 гъэ) егъэлъапIэ.
Ярославль къалэм ягу къыщагъэкIыж я «Локомотив» хоккей командэм щыщу 2011 гъэм хэкIуэдахэр. ЯК-42 кхъухьлъатэр Ярославль деж къыщехуэхри, абы иса цIыху 45-р хэкIуэдауэ щытащ.
1923 гъэм Венэ щекIуэкIа дунейпсо конгрессым къыщызэрагъэпэщащ Интерполыр — уголовнэ полицэм и дунейпсо зэгухьэныгъэр.
Рязань областым и губернатор Ковалёв Олег и ныбжьыр илъэс 65-рэ ирокъу.
Мальдив Республикэм президент щыхах.
ФокIадэм и 7 — 10-хэм Аргентинэм и къалащхьэ Буэнос-Айрес щекIуэкIынущ Дунейпсо Олимп Комитетым и 125-нэ сессиер. Абы а зэгухьэныгъэм и президентыр щыхахынущ, 2020 гъэм Гъэмахуэ Олимп джэгухэр щекIуэкIыну къалэри щаубзыхунущ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, уэшх тIэкIу къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 18 — 20, жэщым градус 13 — 14 щыхъунущ.
ФокIадэм и 8,
тхьэмахуэ
Журналистхэм я зэкъуэтыныгъэм и дунейпсо махуэщ
ЩIэныгъэ зэгъэгъуэтыным и дунейпсо махуэщ
Танкистым и махуэщ
Бородино деж щекIуэкIа зауэм и махуэщ
Блокадэм хэкIуэдахэм я фэеплъ махуэщ. 1941 гъэм фокIадэм и 8-м фашист кхъухьлъатэхэм Ленинград щхьэщыхьэри зэтракъутащ. Абдеж къыщыщIидзащ махуэ 900-кIэ къалэдэсхэр зыхэта гузэвэгъуэм.
Финансистым и махуэщ
Байкал гуэлым и махуэщ
Илъэс 90 ипэкIэ къызэрагъэпэщащ Нэфхэм я урысейпсо зэгухьэныгъэр.
Илъэс 70-кIэ узэIэбэкIыжмэ, нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэхэм къыIэщIагъэкIыжащ Донбасс щIыналъэр.
Таганрог къалэр илъэс 315-рэ ирокъу.
Дагъыстэным и цIыхубэ усакIуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, Лениным и цIэкIэ щыIэ, СССР-м и Къэрал саугъэтхэм я лауреат Гамзатов Расул къызэралъхурэ илъэс 90 ирокъу.
КъБР-м щIыхь зиIэ и ухуакIуэ, КъБР-м и Парламентым и депутат Къандэхъу Мухьэмэд и ныбжьыр илъэс 55-рэ ирокъу.
КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ щIыхь зиIэ лэжьакIуэ КIэдыкIуей Аслъэн и ныбжьыр илъэс 51-рэ ирокъу.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 15 — 19, жэщым градус 14 — 16 щыхъунущ.
ФокIадэм и 9,
блыщхьэ
Дахагъэм и дунейпсо махуэщ
Таджикистан Республикэм и къэрал махуэшхуэщ — щхьэхуэ щыхъуар егъэлъапIэ.
Корее ЦIыхубэ-Демократие Республикэр къыщызэрагъэпэща махуэщ
ИлъэситхукIэ узэIэбэкIыжмэ, Урысей Федерацэм дипломатие зэхущытыкIэкIэ запищIащ Абхъаз, Осетие Ипщэ республикэхэм.
1970 гъэм Волжскэ автозаводым «ВАЗ-2101» (Жигули) автомашинэ лIэужьыгъуэр къыщIигъэкIыу щIидзащ.
Норвегием парламент хэхыныгъэхэр щокIуэкI.
ФокIадэм и 9 — 13-хэм Женевэ (Швейцарие) щекIуэкIынущ ООН-м Хамэ къэрал щыщ лэжьакIуэхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ къащхьэщыжынымкIэ и комитетым и 19-нэ сессиер.
ФокIадэм и 9 — 27-хэм Женевэ (Швейцарие) щызэхэтынущ ООН-м ЦIыхухэм я хуитыныгъэхэм къащхьэщыжынымкIэ и советым и 24-нэ сессиер.
Урыс тхакIуэшхуэ Толстой Лев къызэралъхурэ илъэси 185-рэ ирокъу.
КъБР-м щIыхь зиIэ и дохутыр Мысрокъуэ Мухьэмэд и ныбжьыр илъэс 67-рэ ирокъу.
Адыгей сурэтыщI Гъуэгунокъуэ Мурат и ныбжьыр илъэс 44-рэ ирокъу.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 15 — 19, жэщым градус 13 — 16 щыхъунущ.
Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31538.txt"
} |
НэхъыфIхэм хабжэ
УФ-м щэхуакIуэхэм я хуитыныгъэр хъумэнымрэ цIыхухэр зыхуей хуэгъэзэныр къызэрызэрагъэпэщ щIыкIэмрэ кIэлъыплъ федеральнэ къулыкъущIапIэм и унафэщI Онищенкэ Геннадий иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ 2013 гъэм сабийхэм я гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэр къызэгъэпэщауэ зэрыщытар, гъэ еджэгъуэщIэм курыт школхэр зэрыхуэхьэзырыр къыщапщыта селектор зэIущIэ.
Абы хэтащ КъБР-м лэжьыгъэмрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Тюбеев Альбертрэ а министерствэм сабийхэм я зыгъэпсэхугъуэр къызэгъэпэщынымкIэ и къудамэм и унафэщI Шаваев ТIэхьиррэ.
ЗэIущIэм зыубгъуауэ щытепсэлъыхьащ гъэ еджэгъуэщIэм зэрыхуэхьэзырым, курыт школхэр зыхуей хьэпшыпхэмкIэ къызэрызэгъэпэщам, сабийхэр зэрагъашхэм. Онищенкэ Геннадий къыхигъэщащ дяпэкIэ еджакIуэхэм школ фащэхэр ящыгъын хуейуэ къызэрыхалъхьам арэзы къызэрищIыр.
2013 гъэм сабийхэм я узыншагъэр егъэфIэкIуэным теухуауэ ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэхэм тепсэлъыхьащ псыр къыдэкIуейуэ щытыкIэ гугъум къихута щIыналъэхэм, апхуэдэу Оренбург областым, Башкортостан республикэм я лIыкIуэхэр.
Онищенкэ Геннадий къыхигъэщащ гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэр фIы дыдэу къыщызэрагъэпэ- ща хэгъуэгухэр. Абы- хэм ящыщщ Къэбэрдей-Балъкъэрыр. ЕджакIуэхэм я процент 93,6-м зрагъэгъэпсэхуащ, я узыншагъэр щрагъэфIэкIуащ мы илъэсым ди республикэм.
2013 гъэм сабийхэм я узыншагъэр егъэфIэкIуэным сом мелуан 217,7-рэ КъБР-м хухихащ.
Токъмакъ Мадинэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31543.txt"
} |
Ди хьэщIэхэм Налшык зыщаплъыхь
Ди газетым хъыбар зэрывигъэщIащи, Къэбэрдей-Балъкъэрыр зрагъэцIыхуну къэкIуащ Тыркумрэ Иорданиемрэ щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я щIалэгъуалэ гуп. Урысей Федерацэр зрагъэцIыхуным теухуа программэу УФ-м и Президентым къыдигъэкIа Указым, Урысейм ЗэдэлэжьэнымкIэ и федеральнэ агентствэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэмрэ зэращIылIа зэгурыIуэныгъэм япкъ иту екIуэкI Iуэхущ мыр. Кавказ Ищхъэрэмрэ Урысеймрэ я хъы-барыфI дунейм щагъэIуным, экономикэ, щэнхабзэ IуэхухэмкIэ къэралхэр зэпхыным тещIыхьащ.
КъБР-м и Правительствэмрэ зи гугъу тщIы федеральнэ агентствэмрэ 2011 гъэм зэращIылIа зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ, ди лъэпкъэгъухэр Къэбэрдей-Балъкъэрым фIэкIыпIэ имыIэу къэкIуэн хуейщ. ХьэщIэхэм я мурадщ ди зэпыщIэныгъэхэр ягъэбыдэну, зэрызэдэлэжьэфыну щIыкIэр яубзыхуну. Абыхэм ящыщщ мэкъумэш, туризм, спорт, щIэныгъэ, щэнхабзэ IэнатIэхэр.
ФокIадэм и 4-м хьэщIэхэр Налшык и аэропортым къыщрагъэблэгъащ. Абыхэм япежьахэм ягъэзащIэ къафэм зэуэ къыхыхьащ езы хьэщIэхэри. «Дэ дыщыгуфIыкIыу зыдогъэцIыху ди Хэкур, дыкъызытехъукIахэр щыпсэуа щIыналъэ гъуэзэджэр. Пэжщ, зэкIэ бзэкIэ дызэтехуэркъым, ауэ быдэу ди фIэщ мэхъу апхуэдэу куэдрэ зэрыщымытыжынур», — къыхигъэщхьэхукIащ Иорданием и лIыкIуэхэм ящыщ Ансокъуэ Инал.
Ди лъэпкъэгъухэм Къэбэрдей-Балъкъэрыр зрагъэцIыхун щыщIадзащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и парк нэхъ ин дыдэм, ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм. Ар хьэщIэхэм телъыджэ ящыхъуащ жыг лIэужьыгъуэхэм я куэдагъымкIи, къабзагъэмкIи, дахагъэмкIи. НыбжьыщIэхэр «Сосрыкъуэ» рестораныр здэщыIэ лъагапIэм тету Налшык къыхагъэплъащ.
ХьэщIэхэр республикэм и Правительствэмрэ Парламентымрэ я лIыкIуэхэм яхуэзащ, Бахъсэн районым щыIэ «Джеха», Налшык дэт «Фарма Интернейшнл» IуэхущIапIэхэм щыIащ.
МЭРЕМ Синэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31545.txt"
} |
Бжьыхьэ сессиер тыншу щытынукъым
КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Жаным Руслан лэжьэн щIэзыдзэж депутатхэм ехъуэхъуащ я IэнатIэм зэрыпэрыхьэжымкIэ икIи жиIащ хабзэхэр зэхэлъхьэн и лъэныкъуэкIэ ехъулIэныгъэхэр яIэну зэригуапэр.
КъыхэгъэщхьэхукIын хуейщ бжьыхьэ сессиер депутатхэм я дежкIэ мытыншу зэрыщытынур — ахэр тепсэлъыхьын хуейщ республикэм и гъащIэм и лъэныкъуэ псори къызэщIэзыубыдэ Iуэхухэм. Дауи, псом нэхърэ нэхъыщхьэщ 2014 гъэм, апхуэдэу 2015, 2016 гъэхэми я республикэ бюджетхэм я проектхэр. Апхуэдэу парламентархэм я мурадщ «Егъэджэныгъэм и IуэхукIэ», «ЦIыхухэм я жылагъуэ щIыуэпс кIэлъыплъыныгъэм и IуэхукIэ», «Промышленнэ паркхэм я IуэхукIэ», «Пенсэхэм хущIагъунур яубзыхун мурадкIэ 2014 гъэм пенсионерыр псэун папщIэ нэхъ мащIэ дыдэу зыхуеинур зыхуэдизыр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыгъэбелджылыным и IуэхукIэ» законхэм я проектхэм тепсэлъыхьыну. Абы къыдэкIуэуи, мы зэманым лажьэ закон зыбжанэми зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьэнущ. Хабзэубзыхухэм гулъытэшхуэ хуащIынущ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Парламентым зэпымыууэ зи нэIэ тригъэт социальнэ Iуэхухэми. Депутатхэр цIыхухэм яIущIэнущ, ахэр хэлIыфIыхьынущ республикэм дяпэкIи зэрызиужьынум егъэщIылIа Iуэхухэр гъэкIуэтэным. Иджырей сессием хиубыдэу ягъэлъэпIэнущ КъБР-м и Парламентыр илъэс 20 зэрырикъур.
Зызыгъэпсэхуа депутатхэр жыджэру лэжьыгъэм пэрыхьэжащ — Iуэху куэд зэтрихьащ икIи ар президиумым и япэ зэIущIэм къигъэлъэгъуащ: парламентархэм къапыщытт Iуэху 30-м щIигъум хэплъэну. Псалъэм и хьэтыркIэ, Урысей Федерацэм и нэгъуэщI щIыналъэхэм я хабзэгъэув органхэм зэрадэлажьэм ипкъ иткIэ, зэIущIэм къыщаIэтащ абыхэм къыхалъхьа жэрдэмхэм щыщ. ПыухыкIауэ жыпIэмэ, Iэщэ зэращэ-къызэращэху щIыкIэм, нотариатым, езыхэм егъэщIылIауэ къэрал, муниципальнэ къэпщытэныгъэхэр щрагъэкIуэкIкIэ юридическэ лицохэмрэ щхьэзакъуэ хьэрычэтыщIэхэмрэ я хуитыныгъэхэр хъумэным теухуа законодательствэр егъэфIэкIуэным хуэгъэза жэрдэмхэр.
Зэчэнджэща иужь, депутатхэм даIыгъащ бын куэд щапI унагъуэ хуэмыщIахэм ирата щIы Iыхьэхэм унэ зэрыщаухуэну ахъшэмкIэ ядэIэпыкъуным теухуа федеральнэ программэ зэхэлъхьэныр икIи къэщтэныр фIэкъабылу Адыгэ Республикэм и Къэрал Советым — Хасэм къэралым и унафэщIхэм зэрызыхуагъазэр. Депутатхэм апхуэдэу щыгъуазэ защIащ мэкъумэш хьэсэхэр уэм зэрыщахъумэ федеральнэ хабзэу зыуэ щытыр къызэгъэпэ-щыным теухуауэ къыхалъхьа жэрдэмым.
ЗэIущIэм нэгъуэщI Iуэхухэми щытепсэлъыхьащ.
БАТЫР Любэ,
КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31548.txt"
} |
КъуэкIыпIэ Жыжьэм щыпсэухэм папщIэ
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен пщэрылъ зэращищIам тету, ахъшэ зэхуахьэс, КъуэкIыпIэ Жыжьэм и щIыналъэхэу псыдзэр зыщIэуахэм щыпсэухэм ядэIэпыкъун мурадкIэ.
Мы Iуэхум щытепсэлъыхьым КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен къыхигъэщхьэхукIащ:
«Къэбэрдей-Балъкъэрыр зэи хуэгущIыIэу щытакъым нэгъуэщIым къыщыщIа тхьэмыщкIагъэм. Уеблэмэ шэч гуэри хэлътэкъым ди къыхуеджэныгъэр зэрызэхахынум — ди цIыхухэм я хабзэщ апхуэдэхэм япэджэжу. Мис иджыри абыхэм Iуэхум халъхьащ я зы махуэ лэжьапщIэр. Сэ сыщогугъ КъуэкIыпIэ Жыжьэм щыпсэухэм къэхъукъащIэм и Iэужьхэр, Iэмал зэриIэкIэ, нэхъ псынщIэIуэу ягъэкIуэдыжыну. УФ-м и Президентым и лIыкIуэу щIыналъэм щыIэну ягъэува Трутнев Юрий я пашэу лэжьыгъэшхуэ икIи гугъу зэфIагъэкIыну къапэщытщ. Си гугъэщ Трутневым вице-премьер къулыкъури зэрыхущIагъуам нэхъ лъэкIыныгъэшхуэ къритыну. Полномочнэ лIыкIуэм Правительствэм и унафэщIым и къуэдзэм и къулыкъури щыщIагъуж къэхъуащ. Ар къэралым и президентым Кавказ Ищхъэрэм щигъэунэхуащ икIи зэрытэмэмыр белджылы щыхъуащ. Хлопонин Александр Геннадий и къуэр Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и полномочнэ лIыкIуэу зэрагъэуврэ федеральнэ IуэхущIапIэхэм дадэлэжьэным егъэщIылIа Iуэху куэд нэхъ псынщIэу икIи зэпэщу зэфIэдгъэкIыф хъуащ. Ар, псалъэм и хьэтыркIэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щапхъэкIэ къыпхуэгъэлъэгъуэнущ. ЩIыналъэр жыджэру хэтщ федеральнэ программэхэм я нэхъыбэм, Кавказ Ищхъэрэм щагъэзащIэ инновацэхэр зи лъабжьэ инвестицэ проектышхуэхэр».
КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я
пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31552.txt"
} |
Кином нэхъ IэмалыфI бгъуэтын?
Мы гъэм, жэпуэгъуэм и 15 — 20-хэм, документальнэ киномрэ теленэтын щхьэхуэхэмрэ ятеухуа «Зэныбжьэгъухэр» VII фестиваль зэIухар Черкесск къалэ щекIуэкIынущ. Зэхьэзэхуэр къызэгъэпэщынымкIэ щIэгъэкъуэн мэхъу Урысей Федерацэм ЩэнхабзэмкIэ и министерствэр, УФ-м ФедерацэмкIэ и Советыр, УФ-м и Президентым Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щиIэ лIыкIуэм и аппаратыр, Урысейм и Журналистхэм я зэгухьэныгъэр, Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и Правительствэр, Кавказым ис лъэпкъхэм я Урысей конгрессыр.
Фестивалыр зэхаублащ 2007 гъэм. Илъэс къэс щэкIуэгъуэм и пэщIэдзэм ар Сочэ къалэ щокIуэкI. Мы гъэм Iуэхур щызэхаублэ Къэрэшей-Шэрджэсым и къалащхьэм.
«Зэныбжьэгъухэр» фестивалыр сэбэп мэхъу кино тезыххэмрэ телевиденэ нэтын зыгъэхьэзырхэмрэ я зэфIэкIым хагъэхъуэнымкIэ, Iуэху еплъыкIэ щIэщыгъуэхэр къащIэнымкIэ. Зэпеуэм гъунэгъу зэхуещI, щIэныгъэкIэ, гупсысэкIэ зэхъуэжэну Iэмал ярет кинематографистхэм, телевиденэм и лэжьакIуэхэм, щэнхабзэм пыщIахэм.
Фестивалым и къэпщытакIуэ гупым хэтынущ урысейм щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэхэр.
Творческэ гупсысэкIэ зиIэ щIалэгъуалэм я гугъэхэр ягъэнэIуэну Iэмал иратын, щIыналъэ, урысейпсо, дунейпсо зэпеуэхэм ахэр хашэн папщIэ, Къалэн куэд зыгъэзащIэ щIалэгъуалэ центрым зэгурыIуэныгъэ ирищIылIащ проектыр къызэзыгъэпэщахэм. Абы папщIэ лъэныкъуитIри хэту пресс-конференц екIуэкIащ. ЗэIущIэр къызэIуихащ КъБР-м щыIэ ЩIалэгъуалэ центрым и унафэщIым и къуэдзэ, «ЦIыхухэм жэрдэм ящIынымкIэ комитетым» хэт Къагъырмэс Арсен.
— Илъэс зыбжанэ хъуауэ щIыхь пылъу екIуэкI лэжьыгъэр нэхъри едгъэфIэкIуэн папщIэ дытепсэлъыхьынущ абы пыщIа Iуэхугъуэхэм, зэгурыIуэныгъэ зэдухылIэнущ, я псалъэ зэхыдагъэхынущ мыбы и къызэгъэпэщакIуэхэм, — жиIащ Арсен.
Iуэхум сэбэпынагъыу пылъым и гугъу ищIащ фестивалым и унафэщI, кинодокументалист Багъэтыр Ильяс.
— Иджыпсту дыхоплъэ зэпеуэм къагъэхь лэжьыгъэхэм. НобэкIэ къытхуагъэхьащ кино 40-м щIигъу, абыхэм ящыщу фестивалым щыбгъэлъэгъуэну яхуэфащэу 18 къыхэтхащ. Зэпеуэм Кавказ Ищхъэрэм щыщ цIыху нэхъыбэ хэтмэ, нэхъ къыдощтэ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, лэжьыгъэ мащIэ дыдэщ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Ингуш Республикэмрэ къытхуагъэхьар. Ахэр Iуэхум къыхыхьэну дащогугъ. Фестивалым иIэщ унэтIыныгъэу 8. Абы хэтынущ зэманкIэ сыхьэтым къитIасэ, иужьрей илъэсищым къриубыдэу траха лэжьыгъэхэр. Си гуапэ хъунут, етIанэгъэ зэпеуэр КъБР-м щедгъэкIуэкIыфамэ. Кавказым ущрохьэлIэ кино тепхыну зыхуэфащэ Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэ куэд. Мыбы щыпсэу цIыхухэм я шыфэлIыфэр, хьэл-щэныр, IуэхущIафэхэр къэбгъэлъэгъуэныр сыт и уасэ! Хъуэпсэгъуэщ абыхэм образхэр къатепщIыкIыну. Иужьрей зэманым Кавказым Iейуэ трагъэIукIар мащIэкъым. Ар щIэпхъумэж хъунущ фIымкIэ. Ди жэрдэмри абы папщIэ Iэмал хъарзынэу къызолъытэ.
КъБР-м щыIэ ЩIалэгъуалэ центрым и унафэщI Къэшэж Тимур къыхигъэщащ фестивалым и сэбэп къызэрыдэкIынур.
— Кавказым и теплъэ дахэр, тхыдэм мыхьэнэ ин щызыгъэзэщIа, зи цIэр уардэу абы къыхэна цIыху щэджащэхэм я хъыбар гъэщIэгъуэнхэр, ди щыIэкIэ-псэукIэм дахэу хэлъыр дуней псом щыбгъэлъэгъуэну Iэмал хъарзынэ къует зэхьэзэхуэм. Зи гупсысэхэр щэнхабзэм пыщIа щIалэгъуалэ жыджэр диIэщ. Сыхуейт ахэр Iуэхум къыхыхьэу, я зэфIэкI ягъэунэхужыну, щIыналъэм и щIыхьыр тIэтынымкIи сэбэп хъуну. Аращ зэгурыIуэныгъэр щIызэтщIылIэри.
Конференцым хэтащ КъБКъУ-м журналистикэмрэ режиссурэмкIэ и къудамэм и студентхэри. ЩIалэгъуалэр щIэдэIуащ еджапIэми гъащIэми къащыхуэсэбэпыну чэнджэщхэм.
Гугъуэт Заремэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31557.txt"
} |
Зи чэзу къыдэкIыгъуэр
«Нур» журналым и еянэ къыдэкIыгъуэр дунейм къытехьащ.
Ар къызэIуех Уэрэзей Афлик итха «ЕджапIэ» усэмкIэ. АдэкIэ итщ ХьэдэгъэлI Аскэр итхыжа нарт хъыбархэм къыхаха «Сэтэней удз» жыхуиIэр.
Уэзы Мухьэмэд итха «ТIури фIыщ» рассказыр топсэлъыхь балигъ хъумэ, къыхахыну IэщIагъэм теухуауэ щIалэ цIыкIуитIыр зэрызэдауэм.
УсакIуэ КIэщт Мухьэз къызэралъхурэ илъэс 75-рэ зэрыхъуам теухуауэ журналым тридзащ усакIуэм тепсэлъыхь тхыгъэ кIэщIрэ абы сабийхэм папщIэ итха усэхэм ящыщ зытIущрэ.
Композитор ХьэIупэ ДжэбрэIилрэ усакIуэ АфIэунэ Лиуанрэ зэдатхауэ щыта «Гъэмахуэ» сабий уэрэдыр тридзащ журналым.
АдэкIэ фыкъыщеджэнщ Хьэту Пётр усэбзэкIэ зэхилъхьа къуажэхьхэм.
«ЩIэблэ» Iыхьэм традзащ фIыуэ еджэ ныбжьыщIэхэм я сурэтхэр.
ЦIыкIухэм ягу ирихьынщ Дзэлыкъуэкъуажэ щыщ, етхуанэ классым щеджэ Бабыгуей Миланэ итха «Бжьэмрэ гъудэ зэрыбынымрэ» таурыхъыр.
Мы къыдэкIыгъуэм апхуэдэуи итщ Мэз Аниуар цIыкIухэм папщIэ итха усэхэр.
Трындык Нико- лай (1916 — 1987) КъБАССР-м щIыхь зиIэ и художникт. Абы и творчествэр зэрыщыту зытриухуар ди лъахэрт. Николай тепсэлъыхь «Художник Iэзэ» тхыгъэмрэ абы и лэжьыгъэхэм ящыщ зыбжанэрэ итщ журналым.
«Жаншэрхъ» Iыхьэм регби спорт лIэужьыгъуэм республикэм зэрызыщиужьам Жыласэ Заурбэч щытопсэлъыхь.
«Дэ къытхуатх» псалъащхьэм щIэту традзащ Дзэлыкъуэкъуажэ дэт 1-нэ еджапIэм и 2-нэ классым щIэс Къэшэж Аслъэнбэч итха «Щабэ» хъыбарымрэ езы щIалэ цIыкIум абы ехьэлIауэ ищIа хьэ сурэтымрэ.
«Псалъэзэблэдзым» фигъэлъыхъуэнущ «Н» хьэрфымкIэ къыщIидзэ псалъэхэм.
«Нурым и гъуджэм», зэрыхабзэу, къощ нэхъыфIу еджэ ныбжьыщIэхэм я сурэтхэр.
АБЗУАН Пщымахуэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31559.txt"
} |
ЗэIущIэ нэужьым
Подпалый Сергей,
«Салют»-м и тренер нэхъыщхьэ:
ДыкъыхагъэщIэну
къэдлэжьатэкъым
— Джэгур зэрекIуэкIам тепщIыхьмэ, дыкъыхагъэщIэну къэдлэжьатэкъым. Ди жагъуэ зэрыхъущи, тIэщIэкIа щыуагъэм пенальти къытхуишэри, хьэрхуэрэгъур къыттригъэкIуащ.
ЩIалэхэр зэрызгъэкъуэншэн щIагъуэ щыIэкъым — дэтхэнэ зыми лъэкI къигъэнакъым, ауэ метр пщыкIузыр къытхуэзыхьар зэпкърыхын хуейщ. Абы щыгъуэми Владивосток нэс дыкъикIыжу гъуэгуанэ кIыхь зэрызэпытчам и зэран къыдэкIауэ къыщIэкIынущ. Псалъэм къыдэкIуэу къыхэзгъэщынщи, мыр ещанэу зэкIэлъхьэужьу нэгъуэщI стадионхэм дыщоджэгу. Ар тыншкъым.
Шыпш Тимур,
«Спартак-Налшыкым» и тренер нэхъыщхьэ:
Гугъуехьышхуэ пылъу
— Хуабжьу зэIущIэ гугъут. «Салют»-р мы гъэм япэ дивизионым и командэ нэхъ лъэрызехьэхэм ящыщщ икIи ар хэгъэщIэгъуейт.
Джэгум и япэ Iыхьэр къыдэхъулIакъым. АрщхьэкIэ загъэпсэхуну къикIа иужькIэ, зэхъуэкIыныгъэхэр абы хэтлъхьащ икIи Сирадзе Давид ар къигъэщIэрэщIэжащ. ЕбгъэрыкIуэныгъэхэр нэхъ лъэщ хъуащ икIи текIуэныгъэр къытхуэзыхьа топыр абы кърикIуащ. Сохъуэхъу къыддэщIа псоми.
Хьэтау Ислъам.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31565.txt"
} |
ЗыкъэIэтыжыныгъэм и къежьапIэ?
«Спартак-Налшык» (Налшык) — «Салют» (Белгород) — 1:0 (0:0). Налшык. «Спартак» стадион. ФокIадэм и 5-м. ЦIыху 1200-рэ еплъащ.
Судьяхэр: Куликов (Мэзкуу), Лебедев (Санкт-Петербург), Назаров (Невинномысск).
«Спартак-Налшык»: Степанов, Засеев, Овсиенкэ, Тимошин, Гарбуз, Руа, Щэуей, Коронов (Рухаиа, 89), Буйтрагэ (Аверьянов, 90+1), Медведев (Сирадзе, 46), Гуэщокъуэ.
«Салют»: Криворучкэ, Жирный, Ридель, Бутырин, Мирошниченкэ, Афонин, Семёнов (Телков, 54), Яковлев (Андреев, 86), Бекетов, Михеев (Чадов, 68), Ахметович (Яркин, 82).
Топыр дигъэкIащ: Руа, 55 — пенальтикIэ (1:0).
Дагъуэ къыхуащIащ Ридель.
Джэгум къыхахуащ Криворучкэ.
МазитIым нэблэгъащ «Спартак-Налшыкым» къыдэщIхэр и текIуэныгъэхэмкIэ зэримыгъэгуфIэрэ. Бадзэуэгъуэм и 13-м и ужькIэ иригъэкIуэкIа джэгугъуибгъум ди щIалэхэр 3 къыщыхагъэщIащ, 5 зэрытегъэкIуакъым икIи очко 27-м щыщу 22-р ягъэкIуэдащ. Дауи, апхуэдэ бжыгъэхэм жыжьэ унахьэсынукъым. Аращ налшыкдэсхэр турнир таблицэм и кIэух увыпIэхэм ящыщ зым къыщIыщыхутар.
ФокIадэм и 5-м Налшык къэкIуа Белгород и «Салют»-р хуэмыхухэм ящыщкъым. ЖыпIэну ирикъунщ мыгъэрей зэхьэзэхуэм ар 2 фIэкIа къызэрыщыхамыгъэщIар. Нэгъаби ди щIалэхэр абы Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм щыпэлъэщауэ щытакъым (0:0). Шэч хэлътэкъым мыри тынш зэрымыхъунум.
Махуэкум екIуэкIа зэIущIэр белгороддэсхэм нэхъ жыджэру къыщIадзащ. Нэрылъагъут ахэр «Спартак-Налшыкым» зыкIи зэрыщымышынэр икIи текIуэныгъэм зэрыщIэбэнынур. Хуэм-хуэмурэ «Салют»-м тепщэныгъэр иубыдыпащ. Джэгум и япэ Iыхьэр абыхэм я ебгъэрыкIуэныгъэкIэ иухыным зэран хуэхъуар Гуэщокъуэ Арсен къызэрызэпхыукIарщ. Зы-мащIэ дыдэщ ди щIалэм бжыгъэр къызэIуихыным иIэжар. Ди жагъуэ зэрыхъущи, топыр сантиметр бжыгъэкIэ гъуэм щхьэпрылъэтащ.
Апхуэдэу ирагъэкIуэкIмэ, фIы зэрыщIамыхынур «Спартак-Налшыкым» и тренер нэхъыщхьэ Шыпш Тимур и гъэсэнхэм загъэпсэхуну хухаха дакъикъэ зыбгъупщIым къагуригъэIуа хуэдэщ. ЗэрыщIадзэжу ахэр къаруушхуэкIэ ипэкIэ кIуэтащ. Мыгувэу абы ехъулIэныгъэ къахуихьащ. Ди гъуащхьэхъумэхэм ящыщ зым топыр къыщыIуихум ар Гуэщокъуэм Iэригъэхьащ икIи Арсен и закъуэу хьэщIэхэм я гъуэмкIэ кIуэцIрыжащ. «Спартак-Налшыкым» и гъуащхьауэр щыIэщIэкIым хьэщIэхэм я гъуащхьэтетым абы и лъакъуэр IэкIэ иубыдащ. Пенальти! Абы и закъуэтэкъым — топыр дигъэкIыну Iэмал зиIар зэрыриудам къыхэкIыу судьям «Салют»-м и гъуащхьэтет Криворучкэ (зэгуэрым ди командэм хэтащ) джэгум къыхихуащ.
Метр пщыкIузым бгъэдыхьащ Руа Карлос. Ар дакъикъэ зыбжанэкIэ пэплъэн хуей хъуащ хьэщIэхэм гъуащхьэтетыщIэ джэгум къыхагъэхьэным. Куэдрэ зэрыпэплъам ди гъуащхьэхъумэныкъуэр и щытыкIэм иришакъым икIи Iэзэу пенальтир игъэзэщIащ.
Япэ ища иужькIэщ «Спартак-Налшыкыр» къыщызэрыкIыпар. Топ зэрыдагъэкIам ди щIалэхэм лъахъэр ираха хуэдэт. Иджы зыр адрейм къыкIэлъыкIуэу хэгъэрейхэр лъэщу ебгъэрыкIуэрт. Нэхъ мащIэу къэна хьэщIэхэм я гъуэр зэрахъумэным я къару псори трагъэкIуадэрт. Ауэ абыхэми зыри яхуещIэнутэкъым, Щэуейр, Короновыр, Тимошиныр, Гуэщокъуэр, Сирадзе, Буйтрагэ сымэ зэуа топхэр зымащIэкIэ нэхъ мыхъуми гъуэм бгъэдыхьэжатэмэ. АрщхьэкIэ бжыгъэм зимыхъуэжауэ джэгур иухащ.
Зыкъом щIауэ дызыпагъэплъа текIуэныгъэр ди щIалэхэм хуабжьу гугъуу къаIэрыхьащ. Хэт ищIэн ар зыкъэIэтыжыныгъэм и къежьапIэ хъунуми. «Спартак-Налшыкым» щыджэгухэм уахэплъэмэ, ахэр Iэзагъ ин зыбгъэдэлъ защIэщ икIи зыхэт гупым щыпашэхэм ящыщ зыуэ щытыпхъэщ. Дыщыгугъынщ абыхэм я къарур иджы зыхащIэжауэ икIи я текIуэныгъэхэмкIэ дяпэкIэ нэхъ дагъэгуфIэну.
Урысей Федерацэм футболымкIэ и япэ дивизионым щекIуэкI зэхьэзэхуэм зэрыщыту и гугъу пщIымэ, ищхьэм- кIи илъабжьэмкIи абы бэнэныгъэр щыгуащIэщ. Къапщтэмэ, зэпеуэм пашэныгъэр щызыIыгъ Тулэ и «Арсенал»-р иужьрей джэгугъуэм зэрыхэмытар къигъэсэбэпу, «Мордовия»-м бжьыпэр иубыдыфыну щытащ. АрщхьэкIэ Владикавказ и «Алания»-м ар къызэпиудащ. А командитIым Саранск щрагъэкIуэкIа зэIущIэр зэрытемыгъэкIуауэ иухащ икIи абы къыхэкIыу дэтхэнэми очко тIурытI фIэкIуэдащ. «СКА-Энергия»-ми и стадионым щыхигъэщIэфакъым Дзержинск икIа «Химик»-р.
Я очко бжыгъэхэм хагъэхъуащ къыкIэрыхухэми. Апхуэдэу Нэзрэн и «Ангушт»-р Новосибирск щытекIуэным зымащIэщ иIэжар, арщхьэкIэ зэIущIэм и кIэухым пенальтикIэ бжыгъэр зэхуэдэ иригъэщIыжащ. Зыкъом щIауэ къэмыхъуауэ очкоищ зыIэригъэхьащ Красноярск и «Енисей»-м. И Iуэхухэр ефIэкIуэж хуэдэщ Мэзкуу и «Торпедо»-ми.
Иджы щыгъуазэ фахуэтщIынщ япэ дивизионым хэт командэхэм иужьу ирагъэкIуэкIа джэгугъуэ махуэм къарикIуа бжыгъэхэм. Мис ахэр: «Мордовия» (Саранск) — «Алания» (Владикавказ) — 0:0, «Сибирь» (Новосибирск) — «Ангушт» (Нэзрэн) — 1:1, «Енисей» (Красноярск) —«Уфа» (Уфа) — 3:1, «СКА-Энергия» (Хабаровск) — «Химик» (Дзержинск) — 1:1, «Газовик» (Оренбург) — «Шинник» (Ярославль) — 2:0, «Ротор» (Волгоград) — «Луч-Энергия» (Владивосток) — 0:2, «Торпедо» (Мэзкуу) — «Балтика» (Калининград) — 1:0.
«Динамо» (Санкт-Петербург) — «Нефтехимик» (Нижнекамск) зэIущIэр фокIадэм и 27-м ягъэIэпхъуащ.
Ныщхьэбэ къыкIэлъыкIуэ джэгугъуэр «Спартак-Налшыкым» Ярославль къалэм и щIыпIэ «Шинник»-м щыдригъэкIуэкIынущ. Абы теухуа тхыгъэ ди газетым тетынущ.
Жыласэ Заурбэч.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31572.txt"
} |
Къудащ Елбыздыкъуэ
«Къэбэрдей лъэпкъым и тхыдэ хъыбархэр» тхылъыр Кавказым и тхыдэ блэкIар зыдж дэтхэнэ щIэныгъэлIми къэхутакIуэми я дежкIэ уасэ зимыIэ тхыгъэ телъыджэщ. Тхылъым и автор Къудащ Елбыздыкъуэ (Урысейм щыщеджэ зэманым Владимир Николаевич фIащауэ щы- тащ) гъащIэ купщIафIэ, къэхъукъащIэ хьэлэмэт куэдкIэ, IэдакъэщIэкI гъуэзэджэхэмкIэ гъэнщIа ирихьэкIащ.
Къудащыр Дохъушы къуей къыщалъхуащ 1880 гъэм и ныбжьыр илъэс 15-м фIэкIауэ, Елбыздыкъуэ Налшык дэта школыр къиухащ. Еджэным адэкIи пищэну зи нэ къыхуикI щIалэщIэр а гъэ дыдэм аптекэ лэжьакIуэхэр, фармацевтхэр щагъэхьэзыру Владикавказ дэт классическэ гимназием щIэтIысхьащ. А IэщIагъэр зригъэгъуэта нэужь, Елбыздыкъуэ Налшык дэт аптекэхэм ящыщ зым илъэсым щIигъукIэ щылэжьащ, иужькIэ и IэнатIэм теухуауэ бгъэдэлъ щIэныгъэхэм хигъэхъуэну Владикавказ тригъэзащ.
Къудащыр хуабжьу щIэхъуэпсырт къэралым и еджапIэ нэхъыщхьэхэм ящыщ зым фармацевт IэщIагъэм куууэ щыхуеджэну. ИкIи абы и хъуэпсапIэр зыIэригъэхьащ. Харьков дэт къэрал университетым и фармацевт факультетыр къызэриухамкIэ диплом 1884 гъэм къратыжащ Къудащым. Абы ирихьэлIэу щIалэ жыджэрым ныбжьэгъу щиIэ хъуащ Петербург, Москва къалэшхуэхэм. Абыхэм я дэIэпыкъуныгъэр къигъэсэбэпри, Елбыздыкъуэ япэщIыкIэ Петербург дэт аптекэхэм щылэжьащ. Фармацевт IэщIагъэм дихьэха адыгэ щIалэм щIэныгъэм хигъэхъуэн зэрыхуейр сыт щыгъуи игу илът.
1888 гъэм Къудащым и адэ-анэм хъыбар яригъэщIащ Москва дэт къэрал университетым и фармацевт факультетым зэрыщIэтIысхьамкIэ. 1890 гъэм и пэщIэдзэм МКъУ-м и Советым и унафэкIэ, Къудащым къратащ провизор IэщIагъэр зэриIэм, медицинэ факультетыр къызэриухам щыхьэт техъуэ диплом. ЩIэныгъэ нэхъыщхьэ зиIэ IэщIагъэлIыр иджы аптекэшхуэм и унафэщIу лажьэ хъунут.
Мыбдежым къыжыIапхъэщ, адыгэ щIалэм апхуэдэ щIэныгъэрэ IэщIагъэрэ игъуэтын папщIэ, абы и лъэпкъэгъухэр сыт щыгъуи щIэгъэкъуэн къыхуэхъуу зэрыщытар. Архивхэм щахъума дэфтэрхэм къагъэлъагъуэ Тэрч областым и тетым и унафэкIэ илъэси 2-кIэ Къудащым и еджэным мылъку зэрыхалъхьар. Апхуэдэ дэIэпыкъуныгъэ зыхуагъэхь студентхэм, IэщIагъэ зрагъэгъуэта нэужь, и Хэкум, лъэпкъым псэ хьэлэлкIэ хуэлэжьэну къалэн зэрызыщащIыжымкIэ тхылъым Iэ традзэрт. Къудащ Елбыздыкъуэ зи тхьэрыIуэр нэсу зыгъэзэщIа адыгэ щIалэхэм ящыщу къыщIэкIащ.
НэгъуэщI зыри имыщIами, адыгэ лъэпкъым и дежкIэ куэд дыдэ и уасэщ мыхьэнэшхуи иIэщ Елбыздыкъуэ «Къэбэрдей лъэпкъым и тхыдэ хъыбархэр» (Киев, 1913 гъэ) тхылъыр дунейм къызэрытригъэхьар. Мыр къэхутэныгъэ лэжьыгъэшхуэщ. Къудащым зэрыхузэфIэкIкIэ шэщIауэ къигъэлъэгъуащ Къэбэрдейм а лъэхъэнэм ирихьэлIэу къикIуа тхыдэ гъуэгуанэшхуэр, иIа социально-экономикэ, политикэ, щэнхабзэ зыужьыныгъэр.
КъинэмыщIауэ, езым и гупсысэхэри къиIуатэурэ, еджагъэшхуэм къегъэлъагъуэ лъэпкъым адэкIи зиужьын папщIэ Iэмал имыIэу лэжьыпхъэхэр. Псом япэрауэ, цIыхухэм щIэныгъэ яIэн зэрыхуейм трегъэчыныхь. Абы теухуа лэжьыгъэ щхьэхуэхэр ирегъэкIуэкI езыр зыхэту щыта «Къэбэрдейхэмрэ балъкъэрхэмрэ щIэныгъэ егъэгъуэтын» зэгухьэныгъэм. Къудащым щIыгъуу абы хэтащ лъэпкъ еджагъэшхуэхэу Къармэ Исхьэкъ, Наурзокъуэ Къасбот, Урусбиев Наурыз, Хъуран Батий сымэ, нэгъуэщIхэри. Къудащым и тхылъхэм ящыщ экземпляр 1000 зэгухьэныгъэм тыгъэ хуищIат. Абыхэм къапэкIуа мылъкур адыгэхэм я егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ зиужьыным хуиутIыпщащ.
1917 гъэм ди къэралым щекIуэкIа зэхъуэкIыныгъэшхуэхэм яужькIэ, Елбыздыкъуэ и унагъуэр и гъусэу, къэралым икIауэ щытащ. ЗэрыжаIэмкIэ, Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм абы СССР-м и банкым мылъкушхуэ къыхуигъэхьащ, «Къэбэрдей» цIэр зиIэ танк колоннэ щхьэхуэ ираухуэну щIэлъэIуу.
Зэрынэрылъагъущи, дэнэ щIыпIэ щымыпсэуами, гъащIэм и екIуэкIыкIэхэм хуиIэ Iуэху еплъыкIэхэм захъуэжами, Къудащ Елбыздыкъуэ и гупсысэхэр, гурыгъу-гурыщIэхэр щалъхуа и Хэкужьым хуэгъэпсауэ щытащ сыт щыгъуи. Апхуэдэхэракъэ-тIэ лъэпкъым и къуэ пэжкIэ зэджэр?!
Къумыкъу Тыгъуэн,
тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор.
1993 гъэ
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31578.txt"
} |
Щхьэ закъуэ насыпым и хьэсэпэр кIэщIщ
Мы псалъэжь Iущыр щымыIамэ, «Щхьэ закъуэ насыпым и хьэсэпэр кIэщIщ» мы хъыбар гуфIэгъуэншэр къэсIуэтэжыну къыщIэкIынтэкъым — псалъэ стат мы Iуэхур хэIущIыIу сымыщIыну. Зэстар хъыбарыр зэхьэлIа икIи ар къысхуэзыIуэтэжа адыгэлI щыпкъэт. ЦIыху цIэрыIуэт. Ауэ, Алыхьым щиуха пIалъэр къэсмэ, Тхьэм и шыкуркIэ, фIыхэри Iейхэри дунейм дохыж.
АдыгэлI нэсу зи гъащIэ Iыхьэр къезыхьэлIа Нало Ахьмэдхъан дунейм ехыжати, абы и дыуэщIым дыздыхэтым, цIыхуфIхэм я хьэдащхьэхэм деж щыжаIэ хабзэхэм седаIуэурэ си щхьэр ехьэхауэ сыздэщытым, си тхьэкIумэм къоцырхъэ, тIум зэхудищэхуу зэрызбжым щхьэкIэ, дунейм къытезмыгъэхьэу, ауэ къэсIуэтэжыну сыпIэцIеижу си псэр щIэпIэжьажьэ хъыбарым щыщ пычахуэ гуэрхэр. Си щхьэр къэсIэтмэ, къэпсалъэр дунейм ехыжа тхьэмыщкIэм (зи уахътыр къэсахэри даIуэ, псалъэ хъууэ щытамэ, мы псалъэ жагъуэр зэсхьэлIам гукъанищэр къысхуищIынт, сыту жыпIэмэ, зигъэтхьэмыщкIафэу ар игъащIэм цIыхум илъэгъуауэ къыщIэкIынтэкъым, лIэныгъэри цIыхур зыгъэпуд къэхъукъащIэу къилъытэнтэкъым абы) и ныбжьэгъуфIу къыдэгъуэгурыкIуахэм ящыщт. А тIур нэхъыбэри зэхуэзэу, я псэхэри нэхъ зэтауэ зэрыщытам сыщыгъуазэт: сымыщIэр тIум зэдащIэ щэхур нахуэ хъун папщIэ ещанэу мы хъыбарыр япэ зэхэзыхар хэту пIэрэт: сэрат хьэмэрэ иджыпсту дыуэщIым къыщыпсэлъарат?..
Сытми, нахуэ щыхъуакIэ, щIубзыщIыни щыщымыIэжкIэ, сэ зэрызэхэсхауэ щытам хуэдэу къэсIуэтэжкIэ емыкIу симыIэ къысфIощI…
ПыIэ хуабафи зраплърэ жьэгу пащхьэ акъылкIи зэджэхэм уащымыщмэ, а лIыр умыцIыхункIэ Iэмал имыIэу, цIыху нэIурытт. Щхьэмыгъазэу зауэм хэтат. МафIэлыгъэм къыхиха хэку дамыгъэ лъапIэхэр зыгъэлъэгъуэн зи мыжагъуэхэм ящымыщми (апхуэдэхэр и куэдт абы), зэрихьа лIыгъэм ипсыхьати, къыщIыпхуикIуэтын щымыIэу, и пщIэмрэ и нэмысымрэ ихъумэжу, нэгъуэщIри имыгъэпуду, хуэмыфащэ еппэсыну упыхьамэ, езыми уи пIэм уригъэтIысхьэжыфыну дунейм тетащ ар. Абы лъабжьэ хуэхъур, дауи, акъылрэ лIыгъэу къуэлъыр зыхуэдизыр зэрищIэжрат. А тIуми къызэрагъэгугъэрат. НэгъуэщIым и гущIэгъуи и Iуэхутхьэбзи зэрыщымыгугърат.
Хъыбархэм дащыхуозэ: «Уэ лIы ухъумэ, сэ шы сыпхуэхъунщ», — жиIэгъауэ шыфI гуэрым. Абы и фэгъут Ахьмэдхъани: уэ ныбжьэгъу ухъумэ, цIыху хуэдэу убгъэдэтмэ, езыри апхуэдэу къыпхущIэкIыжырт. Псалъэм папщIэ, сэ а лIыр илъэс щэ ныкъуэм щIигъукIэ сцIыхуу щытащи, апхуэдэ дуней тетыкIэт абы зэпымыууэ дэслъэгъуар.
Ар ауэ сытми лIы къызэрыгуэкIтэкъым — зауэм щызэрихьа хахуагъэм пумыдзыхыну, мамыр гъащIэми щылIыхъужьт, щыегъэджакIуэт, щыщIэныгъэлI Iэзэт, тхакIуэ цIэрыIуэт. А лъэныкъуэ псоми езым и увыпIэ хэIэтыкIа щиIыгът. А увыпIэр нэгъуэщIым къемыхъулIэнт.
Зы сампIэм ситI зэуэ иплъхьэ хъун? Апхуэдэт ар. Абы зебгъэщхьыну мурад пщIами, къохъулIэнутэкъым: зэщхь ухъунур хуарэм къыдэжэфын зи гугъэу щIэпхъуа шыдрат…
А лIым теухуауэ фIы и лъэныкъуэкIэ пхужыIэнур зыхуэдизым гъуни нэзи ямыIэ хуэдэщ. А псори къезмыбжэкIыу, езым къысхуиIуэтэжыгъа щэху гуэр (ар щызэхэсхам щыгъуэ а хъыбарыр сэркIэ щэхут) къэзгъэнэхуэн си гугъэу аращи, абы и фэеплъым хуэфэщэну си мурадыр къызэхъулIамэ, сыунат.
ЦIыхур къызэралъхурэ къигъэщIа илъэсхэм яхэтщ нэхъ Iэтауэ ягъэлъапIэ ныбжь гуэрхэр. Апхуэдэ махуэхэм ящыщ зым ирихьэлIэу Ахьмэдхъан теухуа щытхъу псалъи, и сурэт дахи, езым и тхыгъи сэ сыщылажьэ «Iуащхьэмахуэ» журналым къытеддзат а гъэм. Иужьрей зэманхэм узыншагъэ щIагъуэ зимыIэж ди ныбжьэгъу нэхъыжьыфIыр къытхыхьэжыртэкъым. Дэри, ди жагъуэ зэрыхъунщи, нэхъыбэу дызэрыщIэупщIэфыр телефонкIэт. Ауэ а махуэм, апхуэдэ щIэупщIэкIэр къысхуемыгъэзэгъыу, журналри къызощтэ, и тхыгъэм къыпэкIуари хузохьри, щIэупщIакIуи хъуэхъуакIуи хуэдэу я унэ сокIуэ.
Гъэмахуэт. Дунейр уэфIти, тхьэмадэр унэм щIэмысу, атIэ гараж бжэIупэм деж щысу къыщIокI.
Сэлам-чэламхэр, зыр зым щIэупщIэныр зэфIокI. Журналыр езгъэлъагъуурэ нэхъыбэу сызытекIухьар жызоIэ, къыщалъхуа и махуэмкIэ сохъуэхъу. Ар псалъэ дыгъэлхэр зыфIэфIхэм хуэдэтэкъыми, щыгъэт къригъэкIыу, и Iэшхуэр ещI. Ауэ гулъытэ зэрыхуэтщIамкIэ фIыщIэ къытхуещI, ди Iуэху зыIутхэм къыщIоупщIэ. Куэдрэ дыщымысауэ, псалъэмакъ кIыхькIэ сымаджэм сытемыхьэлъэн папщIэ, зыкъыщысIэтыжым:
— ХъуэхъуакIуэ (щIэупщIакIуэ жиIэркъым) къэкIуар апхуэдэу щIэпхъуэж хабзэ? АтIэми, уэ икIи сыбгъэгуфIащ, — и куэщIым илъ журналыр къеIэт, — мыбыхэми фыхыхьэн хуеякъым, IэнэщIуи укъэкIуакъым. НакIуэ, унэмкIэ дыщIыхьэнщи… — жиIэу зыкъэIэтыгъуейуэ къэтэджыну хуожьэ.
«ЗэрыадыгэлIыр, хабзэ зэрыхэлъыр къигъэлъагъуэу аращ, армыхъу абы и зыкъэIэтыкIэми къыбжеIэ, унэм сыщIишэми, сэ сщIэ а япэрей Нало Ахьмэдхъаныр, гупыр зыгъэгупыр гуп и уасэщ жыхуаIэр, зэрыщымыIэжыр», — абы щэхуу сринэщхъейурэ, жызоIэ:
— Хьэуэ. СопIащIэ. Тхьэм жиIэмэ, итIанэ…
— ИтIанэ жыпIа? — щIыIэ-щIыIэу и пащIэкIэ къысхущIогуфIыкI. Ауэ, а япэрей и дыхьэшхыкIэшхуэу щытам хуэдэкIэ къысщIэнакIэркъым: — ИтIанэ жыбоIэ-тIэ? — хьэлъэу мэщатэ. — Унэм унысхущIыхьэн щумыдэкIэ, а итIанэр къэсауэ бжыи, мы си… тIысыпIэр мобдей нысхущIэхьэ, — жери ерагъыу шэнтиуэм къотэджыкI. СызыдигъэIэпыкъунуи къысхуидэркъым.
Лъэрымыхьыфэ дыдэ есплъу къыщызмыгъэхъуну, игурэ и щхьэрэ зэзмыгъэбгъэжын хьисэпкIэ, сэри дэIэпыкъуэгъу зыхуэсщIыну хэзгъэзыхьыркъым. Шэнтиуэр адэкIэ щIызохьэ. Ауэ къэтэджа нэужьи, и Iэблэр сигъэубыдыркъым, зыщIызигъашэркъым.
— Бжэр тIэкIу егъэжалIэ, блэкIри къыблэкIыжри къытIурыплъыхьу, хьэдрыхэ гъуэгу тетрэ пэткIэ, и хьэлыжьыр зыхинакъым жаIэурэ, зи мыIуэху зезыхуэхэм гуэныхь страхыу… — щыжиIэм, и «хьэтыр слъагъуу» сызэрыхуеблэгъам тIэкIу сыхущIогъуэж: «зи мыIуэху зезыхуэхэм гуэныхь щытрахынукIэ», Iэнэм бгъэдэсынкIи къыпхуищIэжын щыIэжкъым. Иджы, езыр къызэплъу щысу, сэри гуэныхь къэхьыпIэ дауэ зизгъэхуэну-тIэ?..
— ХьэщIэ щIалэ щыIэкъым жаIэ пэтми, зи нэхъыжьыр зи пщафIэхэм ещхь думыгъэхъуу, атIэми, зэрыплъагъущи, сэ бгъуэщIэсыгъэкIи пхуэсщIэжыни щыIэкъым. Мо сырэбжэр Iухи, нэхъ узыхуейхэр… дызыхуейхэр къыдэх, — жи. Зи Iэгу зи Iэнэу дунейм тет лIы жумартым нэкIэ сигъэлъэгъуа сырэм и бжэр Iусхмэ, цIыхур зыхуей защIэщ дэслъагъуэу хъуар.
ХъуэхъуакIуи щIэупщIакIуи укъыщыкIуакIэ, атIэми, зи пащхьэм уисым хуэмыфащэ псалъэ гуапэ щыщымыIэкIэ, си гур къинэщхъеикI, сыкъэдзыха, тIэкIу дэкIыжмэ, сыкъэгъын къудей пэтми, ерагъыу зыгуэрхэр къызопсэлъ. Апхуэдэхэр фIэмыфIыщэми, сохъуэхъу. И тхыгъэхэм сащотхъу. Псом хуэмыдэу нэхъ зытезгъащIэр зауэм теухуауэ итхахэращ.
— Зауэм теухуа темэр сэркIэ лъапIэщ. Абы IэхъуэгъуэтегъэкIыу сыбгъэдыхьамэ, Алыхьми къысхуигъэгъунтэкъым, сэри зыхуэзгъэгъужынтэкъым. Ар ди хьэдрыхэ псалъэщ. ХэIущIыIу сымыщIмэ, нэхъ сфIэзахуэ си щэхущ. Ауэ, ар уи жьэм къегъэкIуэгъуейми, сэ насып гуэр къызэхъулIамэ, къысхуэзыхьар зауэращ. Сэ тутнакъэщым къыщыспэплъам елъытауэ, абы сыхэкIуэдауэ щытами, сагъэтIысу лъэхъуэщым сызэримылIыхьамкIэ — тIум щыгъуи ем си насыпыр текIуат… Зауэ Iуэхур къыхэбгъэщри, си уIэгъэжьыр къебгъэшынэуэжащи… Щхьэ закъуэ насыпым жыжьэ унимыхьэс, абы и хьэсэпэр кIэщI пэтми, цIыху мелуанхэр зыхэкIуэда зауэм къысхуихьа насыпыр мыхъуамэ, сэ щIыхьыншэрэ пуд сыхъуауэ, дыдейхэм саIэщIэкIуэдэжыну щытащ… Ар хъыбар кIыхь мыгъуэщ. Псы жэбзэжар къэдгъэутхъуэж нэхъей, абы дыхэмыхьэныр нэхъыфIу къыщIэкIынщ. ИIэ, мыдэ укъызытекIухьар укъызэхъуэхъуну арамэ, Тхьэр фIыкIэ зэхъуэхъунухэм ящыщ уищI, къигъахъуэ уи фалъэм, — жиIэу къыщыстрикъузэм, аргуэру фадэбжьэр къызоIэт. Ауэ си пIэкIэ езыр мэхъуахъуэ:
— Къэзылъхуахэм, зейхэм сэ схуэдэ зырызхэр яукIыжми, сэ абы насып къысхудэкIуами, цIыху мелуанхэр зыхэкIуадэ, тхьэмыщкIагъэшхуэ зи кIэм къикI зауэхэм дунейр пэIэщIэ Тхьэм ищI…
— Уи псалъэхэр тIэкIу дыкъуакъуэ, щIагъыбзэ гуэр зыхэлъ мыхъуу пIэрэ, Ахьмэдхъан? — сыкъыпыгуфIыкI щIыкIэу икIи сытемыгушхуэу сыхудоплъей, а зэрыщысуи, сэ къызэщхьэпэлъагэкI лIым. — Зауэр мыхъуамэ, уулъияуэ дунейм уехыжыну щытауэ, абы насып къыпхудэкIуауи жоIэ. ИкIи…
— Сэ абы къысхуихьа насыпыр цIыху мелуанхэм я насыпыншагъэм къыгуэлъеикIахэращ. Ахэр зэкIэрыбгъэпщIэж-зэкIэрыпшхэжурэ зэбгъэпцIа щхьэ закъуэ насыпыр мыгъуагъэ нэщэнэщ. Аращ си насып жыхуэсIэм сэ гуфIэгъуэшхуэ щIыхэзмылъагъуэри… Уэ сэ слъагъур си щэхур нахуэ дыдэ сыбгъэщIынуращ узыпылъыр. Ауэ сэ абы сыхуейтэкъым. Си жьыщхьэ зызгъэтхьэмыщкIафэу сытхьэусыхэ нэ- хъей…
АрщхьэкIэ, Тхьэм къисхуигъэгъу, мо лIы сымаджэм тIэкIу сытогуплIэри… Ар къызыхэсхарат: зауэм насып къыхудэкIуауэ жызыIэ срихьэлIатэкъым. Ахьмэдхъан си хьэтыр къилъагъуныр нэгъуэщI зыгуэрми къыхэкIагъэнут.
Нэдым и щхьэр умытIатэу хьэ илърэ ху илърэ пщIэркъым, жи. Армыхъумэ лIэщIыгъуэ ныкъуэ лъандэрэ мыIейуэ сцIыхуу си гугъэж Ахьмэдхъан и щIалэгъуэм зыри хэсщIыкIыу зэрыщымытар къыщIэщат а махуэм. СыткIи хэсщIыкIынт? Ар сэр нэхърэ фIыуэ нэхъыжьт. Дызыщыщ къуажэхэмкIи дызэпэжыжьэт. Апхуэдэ цIыху цIэрыIуэхэм, нэIурытхэм я къекIуэкIыкIэр нэхъ хэIущIыIу хъу хабзэми, зэрыжысIащи, Ахьмэдхъан и щIалэгъуэ гъащIэм сыщыгъуазэтэкъым — езыр абы щытемыпсэлъыхькIэ, и гугъу къыпхуищIынуи щыфIэмыфIкIэ…
А махуэм зи щхьэр схуатIэта нэдым къикIар хьэтэкъым икIи хутэкъым — хъыбар гуфIэгъуэншэт. Езым хуэм-хуэмурэ, гукъыдэжыншэу къызэрысхуиIуэтэжауэ щытам сыкъытемыкIыщэныр икIи жепIар, ебгъэтхар къыпхуэзыIуэтэж магнитофонуи сыкъыщIэмыкIмэ нэхъ сфIэзахуэу Iуэхум сыбгъэдыхьэнщи, дунейм ехыжам и псэр къыщIысхуэмыарэзын сымылэжьыну Тхьэм къыщIигъэкI…
Уей-уей жезыгъэIэ адыгэлIхэм ящыщт цIыхур зыхуэтэджу Хьэтуей дэса Нало Хьэмырзэ. Властыр къахьыным и пэкIэ лIыщIи зимыIа, ягъэлIыщIэуи щымыта Нало Хьэмырзэ, зэрыжаIэу, витIрэ жэмитIкIэ псэуахэм ящыщтэкъым — и фитоныр фитонт, уанэш зэблэхъухэр и шэщым щIэтт, шыгушхэрщи — и хъушэт. Къулеигъэ нэщэнэу ялъытэу щыта къэнжалыщхьэу, абджыпсу унэ зэгуэтышхуэ, и мэлхэр ябжыххэртэкъым — езыхэр губгъуэпэм щысти, зэрыхъуакIуэхэм хуэдэурэ, пщыхьэщхьэкIэ хуэмурэ кърахулIэжырти, куэбжэпэм деж щыт гуэзнэчышхуэр егъэзыпIэ хуащIырт. Нэху щакъэ — щIалэхэм я къалэныр ящIэжырти, хэт Iэщышхуэм, хэт Iэщ цIыкIум, хэти мэкъум, пхъэм егъэщIылIати, хэгъэзыхьи унафи щымыIэу, щхьэж и IэнатIэм пэрыхьэрт. Ахьмэдхъан и пщэм нэхъ къыдэхуэр щхьэхуэу яIыгъ шкIэхэмрэ чыцIхэмрэт. Ауэ абы и псэр зыгъэгуфIэр, и гур хэзыгъахъуэр а щIэжьей къуейщIеижь цIыкIухэр дэгъэкIын-къыдэгъэхьэжын, якIэлъыплъынратэкъым — и адэ Мызэ (арат Хьэмырзэ зэреджэр) и уанэшхэр хэт псафэ шэн, хэти бом къыщIэшауэ пщIантIэшхуэм, къыфIэбгъэкIмэ, губгъуэм я лъэ зыщегъэукъуэдиинрат. А лэжьыгъэр абы игъащIэкIэ иужэгъунутэкъым, шым ямыгъэшэсми идэрт, ар Iэдэжу иIыгъыу къришэкI закъуэмэ. Тхьэм и шыкуркIэ, а насыпыр къылъысрейти, щIалэ цIыкIум дуней гуфIэгъуэр иIэт.
Апхуэдэ насыпым щIапIыкIыр Ахьмэдхъан и закъуэтэкъым — адыгэ хабзэр щытепщэ, нэхъыжьми нэхъыщIэми яхуэфащэ пщIэр щагъуэт, зым Iэпыхур адрейм къищтэжу, зэгурыIуэ-зэдэIуэжу зэдэпсэу унагъуэр къезыгъэкIэрэхъуэкIым и джэлэсыр Хьэмырзэти, тхьэрыIуэ нэхъыщхьэ дыдэу цIыкIуми инми яIурылъыр «Мызэ и псэ» псэлъафэрат. АбыкIэ тхьэ къыпхуаIуэмэ, Алыхьым и цIэмкIэ шэс пхуихьэж пэлъытэу ябжырт. Мызэ пщIантIэм къыдыхьэжамэ, ар унэм щIэсмэ, ину псалъэ лъапсэм щыбауэртэкъым. Апхуэдэу щIыщытыр къызыхэкIыр Хьэмырзэ залыму хьэмэрэ тепщэныгъэмкIэ унэм бэуапIэ яримыту аратэкъым — адыгэ хабзэм ипкъ иткIэ, пыIэ зыщхьэрыгъ нэхъыжьым пщIэ хэха хуэщIыныр къадекIуэкIырт абыхэм. Езы Мызи зыщIапIыкIар а хабзэрат. Нэхъыжьым и нэмрэ и псалъэмрэт унэр зэрыпсэури зыгъэлъапIэри. Нэмысым насып къызэрыдэкIуэр щынэрылъагъут а унагъуэм. А тIум я кум къыдэкIат Налохэ я тыкуэнхэри (къуажэм дэтым нэмыщI, къалэми тыкуэнышхуэ щаIэт), я щхьэл цIэрыIуэри. Ар щIэцIэрыIуэрат — нартыхури щахьэжырт, гуэдзри, ухуеймэ, хужьрэ гъуабжэу зэпыдзауэ, хьэуэ жыпIэрэ, пхузэхахьэжэрт, ужьгъэ бэлыхьлажьи хэтти, абы къипшыжа хугур апхуэдизкIэ къабзэт, дарий гъуэжьычым хуэдэти, гухъукIэ убыни сыти ухэмыту, хьэлыуэ пщIыми утеукIытыхьынтэкъым. Си гъавэр бгъэкIуэдащ жаIэу абыхэм унажэ зыри къащIыхуэмыжэри арат.
— Ауэ, властри къэуву, колхозхэри щызэхагъэхьам щыгъуэ ди адэм къыхуэмыарэзы гуэрхэм къаулъэпхъэщ: Нало Хьэмырзэ и Iэщ хъушэ дунейм темыхуэжым зи гъавэ щIапIэхэр Iисраф ящIу щыта тхьэмыщкIэхэр щыIэу, ауэ ахэр тхьэусыхэми, улъэщмэ, ухейщ жыхуаIэм ещхьти, я Iуэхум зыри къимыкI дэнэ къэна, пIэтIравэ хъуа гъавэм щхьэкIэ зэрытхьэусыхам хущIрагъэгъуэжу, лажьэ зимыIэ лIы бэлыхьыр зэрагъэулъийм къыхэкIыу, тезырхэр къытралъхьэрэ бэлыхь хадзэу щытауэ къыщIрагъэдз.
Мо «тхьэмыщкIэхэр нэхъ факъырэж зэтезыщIэу» щыта ди Iэщ къомыр зэрыдимыIэжыр, ахэр колхозым ей зэрыхъуар, пэжыр жыпIэмэ, щIалэхэм ди жагъуащэтэкъым — абыхэм я зехуэным, зехьэным дыкъыпыхужри, вэнвеймрэ ебзыпсымрэ дакъыхэкIат. Иджы зетхьэр тхылъхэмрэ дэфтэрхэмрэт. Советыр къыщыувагъащIэм дунейм зэрызихъуэжымрэ ар зыхуэкIуэну зэхэтыкIэмрэ езым и акъылкIи зэригъэзахуэрт, ди тыкуэнхэм сату зэрыщищI хьэпшыпхэмкIэ зыпыщIа урыс, сонэ, ермэлы, журт сондэджэрхэми кърагъаджэу къыщIэкIынти, щэкIыщхьэхэм, фошыгъу щхьэшхуэхэм, шыгъум нэмыщI, тхылъхэр, дэфтэрхэр, жыпIэнурамэ, канцеляр IэмэпсымэхэмкIи къуажэдэс сабийхэр къызэригъэпэщ хъуат. АрщхьэкIэ, щхьэлышхуэ зэриIэри къраудэкIыжу щIадзэри, къэрэхьэлъкъылъыр изыфу щыта апхуэдэ псыдыуэхэм яхуэбгъэгъу мыхъун куэд къаулъэпхъэщри, ди адэр СэлэфкIий къыщыщIрагъэдзащ.
Бжэн мэл къилъхурэ жыхуаIэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм тращIыхьагъэнщ, ягъэкIуэда ди адэм и бынхэм фэфI къыдамыплъу, я нэхэр къытхузэрагъэдзэкIыу щIадзэри… КъыткIэщIэтхыхьын папщIэ къагъэсэбэпыну дэфтэрхэр, къэрэндащхэр, къалэмхэр япэ дыдэу ди къуажэм къыдэзышахэм ящыщ Нало Хьэмырзэ и бынхэр дагъэулъий, «цIыхубэм я бий ягъэкIуэдам ещхь дызэрыхъунур къащIэри», ди нэр тхуамыгъаплъэххэ мэхъу… «Къуажэдэсхэри властри къэзыгъапцIэу, Iыхьлы-благъэхэр, мылъкукIэ зи нэр иращIахэр шэсу къэзыгъэуву партым яфIыхэпщхьа» си шынэхъыжьхэм къелъэпауэхэри къагъэлъеящ.
Ар зи адэр зыщхьэщачахэм къыдадза япэ удынт: партым, колхозым укъыхадзыжамэ, къыплъагъэсыр гурыIуэгъуэт…
Абыхэм я махуэрат сэри къыспэплъэр: комсомолым сыкъыхадзыжыну «сагъэхьэзыру» зэрыщIадзар къызощIэри… ЗызгъэпщкIун, Къэбэрдейм сикIын хуей мэхъу. Дзэлыкъуэкъуажэр къызытепщIыкIа Абыкъухьэблэжьым дэс абазэхэм си анэ шыпхъу яшати, абыхэм я деж щтапIэ сожалIэ. Ебланэ-еянэ классхэр а жылэм къыщызоух. Абы нэст а школым зэрыщрагъаджэр. АдэкIэ уи щIэныгъэм пыпщэн мурад уиIэмэ, а жылэм къедза Нартсанэ е ЕсэнтIыгу къалэхэм ущеджэн хуейт. Ари укIуэркъэкIуэжу. Абыи зыгуэрурэ сыпэлъэщынт. Ауэ сыкъэзыгъэшынэ щыIэт: си адыгэбзэ-абазэбзэ зэхэзэрыхьар урысыбзэкIэ схузэхъуэкIыжыну, къалэ школ сыщеджэфыну сигурэ си щхьэрэ зэтелътэкъым, хэхэс щIалэжь цIыкIур сезыгъаджэхэр къызэлIалIэу, си классэгъухэр къысщIэнакIэу укIытэгъуэ сихуэну сфIэемыкIути… Къытызодзэри Налшык сыкъокIуэж. ЛIыукIым хуэдэу сыгъэпщкIуауэ, жэщым ди деж сыдохьэж. Сабгъэдос. СызыхуэмеинкIэ Iэмал зимыIэхэр къызощтэри, нэхумыщхэм макIуэ-мэлъей — сыкъыдокIри, Налшык сыкъокIуэ. Жыжьэ Iей зыщызгъэпщкIу къысщыхъужу, ди адэм и ныбжьэгъуу щытахэм ящыщ гуэрхэр ямыгъэкIуэду къыдэнати, си щхьэр язохьэлIэ.
Сащыгъупщэжауэ, сажьэдэхужауэ си гугъа щхьэкIэ, сыщыуауэ къыщIокI: сехъулIащ, си гугъу къамыщIурэ къызоух щыжысIэ дыдэм… Ди выр зыдыгъуа! УтIэщIэкIын уи гугъати, жаIэри… Дамэплъхэм ящыщ лIитIрэ ди къуажэдэс гуэррэ, — арагъэнт хьэпщIэу пэлъытэ хъууэ мо щакIуитIыр си лъэужьым къытезышар — общежитым къыщыстоуэ. ХуищIэу сагъэсыс. Зыгуэрхэр ятх. Зыгуэрхэм Iэ трызагъадзэ. «ЦIыхубэм я бийм» и къуэр совет еджапIэм къыщIэзыгъэтIысхьахэми фIы зэрыщIрамыгъэхынур къызгурагъаIуэ. Ахэр къэзгъапцIэу сыкъыщIэтIысхьарэ си Iуэху зытетыр ящIэу сыкъащтарэ зэхагъэкIын, нэху дыкъекIмэ, абыхэм я пащхьэм срашэн папщIэ жэщым общежитым сыкъыщIанэ. Ауэ си тхьэкIумэр быдэу схуаIуантIэ: «Иджыри зыбгъэпщкIуну жыпIэнщи, щIы щIагъым ущIэпщхьамэ, укъэдгъуэтынщ. УщIэпхъуэжауэ укъэдубыдыжмэ, уи Iуэхур куэдкIэ нэхъыкIэ хъунущ. Аращи, бандиту ежьэжауэ къэдубыдыжа, къызжаIакъым жумыIэж!.. Пщэдджыжь зэхудипIалъэщ», — жари, Iэпхъуамбапщэр къысхуагъэпIий.
А псом я ужькIэ уигу фIы щыщIэнт? Мобыхэм я щIыбагъ къызэрагъазэу сыгупсысэу щIызодзэ: сыт сщIэнур? Ди деж сокIуэжри, бэлыхь псоми къела ди анэр гузэвэгъуэм хэздзэнурэ, гупщIэуз ирихынущ. ЖыпIэнурамэ, ди адэмрэ си шынэхъыжьхэмрэ я махуэр сэри къысхуэкIуэмэ, ар абы илIыкIынущ… И мылIэгъуэу сэ къыстекIуэдэнущ… Зытезубыдаращ: сыдыхьэж, закъезгъащIэ хъунукъым… Дауэ-тIэ зэрысщIынур? Ди урыс благъэхэм я деж зыщызгъэпщкIун?.. Мохэр къызэплъакIуэу къыщIэкIрэ, си ужь иту накIуэмэ-щэ? ИтIанэ лажьэ зимыIэхэри къыстекIуэдауэ бжы… Сэ саубыдмэ-щэ? Мыбдеж зэщхь сыхъуар дыхьэшх-дыхьэгъыу хъуэрыбзэ гуэр щыIэращ. Щхьэпылъэ ящIыну лIитI яхурти, зыр къоIущащэ: «ДыщIэгъэпхъуэж». — «Ди Iуэхур нэхъыкIэ мыхъуну пIэрэ?» — «Еу-уей, а къыдащIэнум нэхърэ нэхъыкIэжу лIо къытщыбгъэщIынур?…»
Сэри аращ сызэрегупсысар: пщэдей къызащIэнум нэхърэ нэхъ Iеижу сыт къысщыщIын?.. Зыри къэзмыщтэу сыкъыщIокI. КъыщIэзмыщтэIами сегупсысат: хэт ищIэрэ, мохэр къызэплъакIуэу къыщIэкIмэ, зыри щызмыIыгъкIэ… пщыр лъэсу здэкIуэм сокIуэ. Ар зы щхьэусыгъуэ. ЕтIуанэр — сызытехьэну гъуэгуанэ кIыхьым хьэлъэ гуэри скIэрыщIауэ… СыздэкIуэну си мурадыр сыкъыздикIыжа Абыкъухьэблэжьрат. Ауэ абы сыкъыщыувыIэн муради сиIэтэкъым. Ди анэ шыпхъум и щхьэгъусэ Мухьэмэд зэфIэкI гуэрхэр, хыхьэхэкI зиIэ лIы лъэрызехьэт. Мис ар хэзгъэлIыфIыхьу, си тхылъхэр схузэригъэпэщу…
— НэгъуэщI еджапIэ укIуэну арат? — соупщI.
— СыкIуэнут, — щIыIэ-щIыIэу и пащIэкIэ къыщIогуфIыкI Ахьмэдхъан. — Ауэ сыздэкIуэнур еджапIэтэкъым — армэрат… Лъапсэ нэщIи дызыщIа, сэри псэупIэ къызэзымыт совет властым и Дзэ Плъыжьым сыхыхьэу ар гъэпщкIупIэ сщIыну арати… Алыхьым сыкъимыужэгъужыпауэ къыщIокIри, си гур здэплъэм си лъэр нызохус… А псор къызэрызэхъулIам и хъыбарыр кIыхьщ. Абыхэми уезгъэдаIуэу уи щхьэр згъэузынкъым. Ауэ ар и къелыкIэу сакъелат ди адэри, си къуэшхэри, ди тыкуэнхэри, ди щхьэлышхуэри зыIэщIэкIуэдахэм. Сэ абыхэм сыкъыщIамылъыхъуэжар… ЖыпIэну жьэм къысхуемыгъэкIуми… Алыхьым насыпыр къызитри… зауэр къэхъеящ. Абы сызэрыхэтахэми, псэзэпылъхьэпIэ Iэджэ сызэрихуами, гуауэрэ гузэвэгъуэу си нэгу щIэкIахэми си къарурэ зэфIэкIрэ къызэритIасэкIэ, си тхыгъэхэм къыщысIуэтэжащ…
Хэт хуейми емыкIу къысхурырещI, ауэ пэжыр дэнэ пхьын, а зауэр къэмыхъеямэт сэ насыпыншэ сыщыхъунур: абы, сыхэмыкIуэдар щыгъэтауэ, бадзэ дзэкъапIэ стемылъу сыкъыхэкIыжащ. Ар мыхъуамэ, зэрыжысIащи, сагъэулъияуэ, хьэм и цIэр къысфIащауэ сагъэкIуэдри, дыдейхэм я щхьэм кърикIуар сэри къыслъысат… Сэ, мис, зэрыплъагъущи, насыпти насыпыншагъэти жысIэурэ сыпхуотхьэусыхэри сыббгъэдэсщ. И пэм къыщыщIэдзауэ и кIэм нэс сызыхэта зауэм и ужькIэ си гъащIэр къызэрекIуэкIам си ныбжьэгъухэри си лэжьэгъухэри фыщыгъуазэщ… Ар зэрыжысIэр зыгуэр хуэдэу къыпщремыхъу, ауэ нобэ сылIэми, си уэредадэщ. Пэжыр бжесIэнщи, сэ къыспэплъам, сыкъызэлам елъытауэ, зауэм сыхэкIуадэми, сынасыпыфIэу зызбжыжынут: ууейхэм уаукIыж нэхърэ, щымыхъужми, биишэм уихьмэ зэрынэхъыфIыр къызгурыIуэрт. А насыпым, щхьэ закъуэ насыпым и хьэсэпэр кIэщIми, ар къызэхъулIащи, къащтэ, мис абы щхьэкIэ ди бжьэр къэдгъэIэт, — жери и нэ фIыцIитIыр плъыжь къохъу.
Аращ зэрыхъур нахуэ къэсщIа щэхур.
ЕЛГЪЭР Кашиф,
Къэбэрдей-Балъкъэрым
и цIыхубэ тхакIуэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31581.txt"
} |
Иджырей Кавказыр
УФ-м и Президентым и Администрацэм и нэIэ щIэту Кавказым къыщызэрагъэпэщ иджырей политикэмкIэ «Кавказ» центрыр. Абы и къалэн нэхъыщхьэу щытынур ХъыбарегъащIэ IэнатIэхэр къагъэсэбэпу, щIыналъэм и Iулыджыр къэIэтынырщ. А IуэхущIапIэм хыхьэнущ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм къыщызэрагъэпэщыну къэпщытакIуэ клубхэр.
Мэкъуауэгъуэм и кIэм зи гугъу тщIы центрыр ЮстицэмкIэ министерствэм щрагъэтхащ, мыкоммерческэ IуэхущIапIэ мардэм тету. Абы и унафэщI хъуащ нэхъапэм Кремлым къулыкъу нэхъыщхьэ щызымыIыгъа, ауэ абы егъэщIылIа «Европа» тхылъ тедзапIэм Iуэху дэзыщIа Осинников Андрей. А тхылъ тедзапIэм Осинниковым къыщыдигъэкIащ Iэпхъуэшапхъуэхэм я Iуэху зэIумыбзхэм теухуа тхылъ.
— Клубхэм щылэжьэну щIэныгъэлIхэм я пщэ дэлъынущ цIыхубэ-политикэ, экономикэ Iуэхухэр: къэпщытэныгъэхэр ирагъэкIуэкIынущ, Iуэхум и зыужьыкIэм кIэлъыплъынущ, центрым и зэхуэсыпIэ Псыхуабэ щIэх-щIэхыурэ щызэхыхьэнущ, нэхъыщхьэжращи, зрагъэхъулIахэмкIэ журналистхэм ядэгуэшэнущ, — жиIащ Осинниковым. Абы къыхигъэщащ нобэкIэ Ипщэ щIыналъэхэм я Iуэхум телажьэ экспертхэм щIэныгъэ куу ябгъэдэлъу яхэтыр зэрымащIэр. А щIыналъэхэм къыщыхъу-къыщыщIэхэм щIэупщIэ зэрикуэдыр къэплъытэмэ, апхуэдэ зэфIэмыхьэныгъэхэм Iуэху мыщхьэпэхэр къашэнкIи хъунущ. Центрым и мурадщ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэну, щIэныгъэлI пажэхэр зэщIигъэуIуэну.
Урысейм, хамэ къэралхэм хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ я IуэхущIапIэхэу Кавказым тетхыхьхэм гулъытэ ин яIэнущ. Абы папщIэ экспертхэм тхыгъэхэр хэIущIыIу ящIынущ Кавказым нэхъ къыдэлажьэ къэралхэм я бзэхэмкIэ: инджылызыбзэкIэ, франджыбзэкIэ, хьэрыпыбзэкIэ, тыркубзэкIэ, китаибзэкIэ. ИужькIэ зэхагъэувэнущ, урысейм, хамэ къэралхэм хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ я IуэхущIапIэхэм Кавказым хуаIэ бгъэдыхьэкIэм теухуа рейтинг.
Иджырей политикэмкIэ «Кавказ» центрым щылэжьэнухэр къыщыхахым Iуэхугъуэ зыбжанэм тращIыхьащ: Кавказым хуаIэ пыщIэныгъэхэм, ябгъэдэлъ щIэныгъэм, а щIыналъэм зэрыщыгъуазэмрэ пщIэуэ щиIэмрэ.
Центрым и унафэщIхэм апхуэдэ щIэныгъэлIу къалъытащ, псалъэм папщIэ, Осетие Ищхъэрэм и Правительствэм къэралкIуэцI политикэмкIэ и управленэм и унафэщI Багиев Алан, Кавказым щыIэ Iуэху зэIумыбзхэмкIэ, щIыналъэм шынагъуэншагъэр щыхъумэнымкIэ центрым и унафэщI Дегоев Владимир, ЭкономикэмкIэ школ нэхъыщхьэм и профессор Хайкин Сергей, ЦIыхубэ фронтым и къызэгъэпэщакIуэхэм ящыщ Мамонтов Владимир сымэ.
«Народы Кавказа» газетым къитхыжащ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31584.txt"
} |
Теплъэгъуэ
Къуршхэм нэхърэ нэхъыфIыр къуршхэрщ. Сурэтыр МАМИЙ Руслан трихащ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31586.txt"
} |
Жылагъуэм цIыху зэрыхуагъасэр
Иджыблагъэ КъБР-м ЦIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министерствэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэр жылагъуэ Iуэхухэм жыджэру хэт хъуным теухуа «стIол хъурей» иригъэкIуэкIащ. ЗэIущIэм хэтащ властым и гъэзэщIакIуэ органым и лIыкIуэхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэ-хэм я унафэщIхэр, лъэпкъ- щэнхабзэ IуэхущIапIэхэм, КъБР-м щыIэ щIалэгъуалэ жылагъуэ зэщIэхъееныгъэм жыджэру хэтхэр, щIэныгъэлIхэр, журналистхэр.
ЗэIущIэр МИНИН Вячеслав иригъэкIуэкIащ ЗэIущIэр къыщызэIуихым КъБР-м цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министрым и къуэдзэ Минин Вячеслав къызэхуэсахэм елъэIуащ цIыхухэр республикэм щекIуэкI Iуэхухэм къыхэшэным теухуауэ зэгухьэныгъэхэм яIэ гукъеуэхэр, мурадхэр щIэуфа хэмылъу утыку къралъхьэну.
Тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат, Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ институтым нобэрей жылагъуэм и зыужьыныгъэр къэзыхутэ гупым я унафэщI Уэщро Рубен цIыхухэр жылагъуэ Iуэхухэм хуэжыджэрыным зэран хуэхъу щхьэусыгъуэ зыбжанэ къриIуащ. Абыхэм ящыщщ къыдэкIуэтей щIэблэр зэрагъасэ хабзэхэм зэхъуэкIыныгъэ зэрагъуэтар. Къэзылъхуахэм, къэралым куэдкIэ щыгугъ щIалэгъуалэр IэнатIи мылъкуи зэуэ хуейщ. ЕтIуанэрауэ, зыщыщ лъэпкъым и хьэл-щэным, псэукIэ-лэжьэкIэм токIри, хамэм я гупсысэкIэм, дунейм щыщ къащтэ. Ещанэрауэ, цIыху жыджэрхэм я Iуэхур ядэзыIыгъ, апхуэдэхэр зэкъуэзыгъэувэ щыIэкъым.
Уэщром къызэхуэсахэм я пащхьэ кърилъхьащ я институтым иригъэкIуэкIа щIэупщIэныгъэм кърикIуахэр. Абы къызэригъэлъэгъуамкIэ, зэупщIахэм я нэхъыбапIэм Совет Союзым и зэманым ягъэзэжынут, абы щыгъуэ изымрэ ныкъуэмрэ нэхъ зэрыщIэу зэрыщытам, къулей дыдэрэ къулейсызрэ гуэшыкIэр зэрыщымыIам къыхэкIыу. Щэ-къэщэхум куууэ хы-хьа дунейм щIэныгъэмрэ цIыхум зегъэужьынымрэ гулъытэ щыхуащIыжыркъым.
«ЦIыхухэр жыджэру жылагъуэ Iуэхухэм хэту ебгъэсэным зэманышхуэ ихьынущ, — жиIащ Вячеслав Минин. — «Ауэ а Iуэхур едгъэжьэн хуейщ». Абы къызэрилъытэмкIэ, республикэм и телерадиокомпанием куэд хузэфIокI, нэхъыбэжи и къарум къихьынущ зы лъэпкъ щхьэхуэ зэрыщыщыр ящIэжу, нэхъыжьхэм я бзэмрэ я хабзэмрэ пщIэ хуащIу щIэблэр гъэса хъунымкIэ.
Ирагъэжьа псалъэмакъым къыпищащ мылъку къегъэщIыным пымыщIа «Институт трансдисциплинарных технологий» организацэм и унафэщI Мокий Владимир. Щхьэусыгъуэхэр къыщрибжэкIым, абы къыхигъэщащ зы идеологие зэрыщымыIэр жылагъуэр зэкъуэувэнымкIэ зэрызэраныр. «Жылагъуэ къэс лъапIэныгъэ щхьэхуэхэр яIэщ. Къэрал къулыкъущIэми, лэжьакIуэ къызэрыгуэкIми къыгурыIуэу, цIыхубэр зэкъуигъэувэу лъэпкъ гупсысэ убзыхуа ди къэралыгъуэр хуэныкъуэщ», — жиIащ Владимир.
Ветеранхэм я Налшык къалэ Советым и унафэщI Абдуллаев Мустэфа къызэхуэсахэм захуигъэзащ щхьэж зи лIыкIуэ IуэхущIапIэм и пщэ къыдэхуэ къалэныр егугъуу ягъэзэщIэну. «Гууз-лыуз зыхэлъ цIыху жыджэр пхуэгъэсэнукъым, езы жылагъуэр зэкъуэмытмэ. Абы папщIэ, цIыхухэм я гукъеуэр къэщIэн, социологие къэхутэныгъэхэр егъэкIуэкIын, абыхэм къагъэлъагъуэм тещIыхьауэ щIапхъэр убзыхун хуейщ», — жиIащ Абдуллаевым.
«СтIол хъурейм» кърихьэлIахэм зи гугъу ящIахэм ящыщщ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ирагъэкIуэкI Iуэхухэр зыхуэдэр хъыбарегъащIэ IэмалхэмкIэ цIыхухэм я деж зэрынэгъэсыпхъэр.
«Властыр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэр, хьэрычэтыщIэхэр зэдэлэжьэн, я зэпыщIэныгъэр гъэбыдэн хуейщ», — къыхилъхьащ «Галактика» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Къущхьэ Заремэ. Абы къызэрилъытэмкIэ, мылъку къегъэщIыным пымыщIа IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм акъыл зэхэдзэ ящIу щызэчэнджэщын утыку къахузэбгъэпэщмэ, ахэр нэхъ тыншу я къалэнхэм пэлъэщынущ. Жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм сэбэп яхуэхъу хъыбарегъащIэ сайт www.nkokbr.ru нобэкIэ щыIэщ. Жылагъуэ зэгухьэныгъэм хэтхэр я гупсысэрэ Iуэху еплъыкIэкIэ абы щызэдэгуэшэфынущ, ящIэну я мурадым жылагъуэр къыхашэфынущ.
ЗэIущIэм кърихьэлIахэм жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр зыхэт лэжьакIуэ гуп къызэрызэрагъэпэщынум теухуа унафэ къащтащ. А гупым и къалэну щытынущ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ властым и IуэхущIапIэхэмрэ я лэжьыгъэр зэрагъэуIуныр, жэрдэм зыхэлъхэр зэкъуэувэным хуэщхьэпэныр.
ДЖЭДГЪЭФ Маринэ
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31590.txt"
} |
ПсапащIэ Iуэхухэр жыджэру ялэжь
«Сабиигъуэ насыпыфIэ» псапащIэ программэм хэту, Урысей Сбербанкым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэр илъэс еплIанэ хъуауэ сыт и лъэныкъуэкIи дэIэпыкъуэгъу яхуохъу Кременчуг-Константиновскэ жылэм дэт Сабий унэм.
Бахъсэн районым и Iэтащхьэ Сыжажэ Хьэсэн и фIыщIэ псалъэ. Апхуэдэу иджыблагъэ Урысей Сбербанкым и Кавказ Ищхъэрэ банкым и тхьэмадэ Колтыпин Пётррэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэ къудамэм и унафэщI Урысбий Хьэмидбийрэ а IуэхущIапIэм тыгъэ хуащIащ «Газель» автомобиль. Ар щратыжым иращIэкIа зэхыхьэ гуапэм хэтащ КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Къаздэхъу Альберт, КъБР-м и Iэтащхьэм и деж Сабийм я хуитыныгъэхэмкIэ уполномоченнэу щыIэ Iуэгъуз Светланэ, Бахъсэн район администрацэм и унафэщI Сыжажэ Хьэсэн, Урысей Сбер-банкым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и лэжьакIуэхэр.
— Мы сабийхэр ерыщу хущIокъу я увыпIэ гъащIэм зэрыщаубыдыным икIи, дэ, къэрал къулыкъущIэхэр ди гъусэу, зэрытхузэфIэкIкIэ дэIэпыкъуэгъу дахуэхъунущ абыхэм я хъуэпсапIэхэр зрагъэхъулIэнымкIэ, — жиIащ Колтыпин Пётр.
Сыжажэ Хьэсэнрэ Iуэгъуз Светланэрэ я псалъэм къыхагъэщащ Сбербанкым и унафэщIхэр жыджэру псапащIэ Iуэхухэм зэрыхэтыр, Кременчуг-Константиновскэ къуажэм дэт Сабий унэм и гъэсэн цIыкIухэм я Iуэху дэкIыныр я нэIэм зэрыщIагъэтым папщIи фIыщIэ хуащIащ.
Сабий унэм и унафэщI Къунаш Хьэсэн жиIащ нэхъапэкIэ Сбербанкым къахуиутIыпща мылъкумкIэ IуэхущIапIэм и унащхьэмрэ щхьэгъубжэхэмрэ зэрызэрахъуэкIар, пэшхэм щIэтыну хьэпшыпхэр, нэгъуэщI зыхуеину Iэмэпсымэхэр къызэращэхуар.
— Транспорт дызэримыIэм къыхэкIыу республикэм щекIуэкI нэгузыужь Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэм дыхэтыну Iэмал дгъуэтыртэкъым, — жиIащ Къунашым. — Банкым и лэжьакIуэхэм ялэжь псапащIэ Iуэхухэм я фIыгъэкIэ, иджы апхуэдэ гугъуехьыр зэфIэха хъуащ.
Урысей Сбербанкым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и лэжьакIуэхэм сабий унэм мылъкукIэ зэрызыщIагъакъуэм и мызакъуэу, щIэх-щIэхыурэ абыхэм къыхузэрагъэпэщ егъэджэныгъэ, щэнхабзэ, спорт Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэр. Апхуэдэу абыхэм ирагъэкIуэкI ЩIэныгъэм, Сабийхэр хъумэным я махуэхэм, ИлъэсыщIэм теухуа гуфIэгъуэ зэхыхьэхэр. КъищынэмыщIауэ, цIыкIухэр яшэ сурэт гъэлъэгъуэныгъэхэм, театрым, циркым. Къызэрагъэпэщ Iуэхугъуэхэм я нэхъыбэр зэхуэунэтIар сабий зэчиифIэхэм защIэгъэкъуэнырщ. Абы и лъэныкъуэкIэ концерт ирагъэкIуэкI, сабий сурэтхэмкIэ, IэпщIэлъапщIагъэмкIэ зэпеуэхэр къызэрагъэпэщ.
Гъэ еджэгъуэщIэм щыщIидзэжым Урысей Сбербанкым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и лэжьакIуэхэм ахъшэ зэхалъхьэри, сабийхэм школ фащэхэр, еджэныгъэм къыщагъэсэбэпыну хьэпшыпхэр, тепIэнщIэлъынхэр къыхуащэхуащ.
ЗэIущIэм и кIэм сабийхэм концерт ягъэлъэгъуащ. Ар зэхуащIыжащ хьэщIэхэри, цIыкIухэри, клоунхэри зыхэт джэгу дахэкIэ.
Тхьэхущынэ Ланэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31596.txt"
} |
НОБЭ
ЦIыхухэм зыщаукIыж къэмыгъэхъуным хуэгъэпса дунейпсо махуэщ
1721 гъэм иухащ Урысеймрэ Швециемрэ илъэс 21-кIэ ирагъэкIуэкIа Ищхъэрэ зауэр.
1725 гъэм Невский Александр и орденыр къащтащ.
ФокIадэм и 10-м Астана (Къэзахъстан) щызэхэтынущ Къэрал Щхьэхуитхэм я Зэгухьэныгъэм хыхьэхэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ я министрхэм я Советым и зэIу- щIэ.
ФокIадэм и 10 — 13-хэм Новгород Ищхъэрэм къыщызэрагъэпэщ «Урысейм и къэкIуэнур» ХVIII дунейпсо промышленно-экономикэ зэхуэсышхуэр.
КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, тхакIуэ, драматург ЩоджэнцIыкIу Iэдэм къызэралъхурэ илъэс 97-рэ ирокъу.
Тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, АКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик Бажэнэ Мурат и ныбжьыр илъэс 83-рэ ирокъу.
Медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор КIэнцIэлий Лиуан къызэралъхурэ илъэс 76-рэ ирокъу.
Къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ, политик Сэхъу Владимир и ныбжьыр илъэс 74-рэ ирокъу.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 19 — 22-рэ, жэщым градус 15 — 16 щыхъунущ.
Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31600.txt"
} |
КъБР-м и Iэтащхьэр я пашэу гъуэгу тоувэ
Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэхэу Къанокъуэ Арсен зи пашэр Италием щыщ Тироль Ипщэ щIыналъэм лэжьыгъэ IуэхукIэ кIуащ. Делегацэм хэтщ Правительствэм щыщхэр, администрацэхэм я Iэтащхьэхэр, хьэрычэтыщIэхэр, еджапIэ нэхъыщхьэхэм я унафэщIхэр. КъБР-м и Iэтащхьэм къызэрилъытэмкIэ, Италием кIуа гупым а къэралым зэрыдэлэжьэну щIыкIэр яубзыхун, апхуэдэу иджырей технологиехэм щыгъуазэ защIын хуейщ.
Банкхэм я лэжьакIуэу делегацэм хэтхэм Къанокъуэ Арсен чэнджэщ яритащ «кооперативхэм ахъшэ зэрыхуаутIыпщ щIыкIэм нэхъ нэсу щыгъуазэ зыхуащIыну». Абы къыхигъэщхьэхукIащ Италием и ищхъэрэ лъэныкъуэм хуэзэу Альпхэм щыIэ а щIыналъэр Италием щыщу нэхъ къулейсыз дыдэхэм хабжэу зэрыщытар, ауэ псынщIэу къызыпыкIэ жыг хадэхэмрэ туризмэмрэ зэрызрагъэужьам и фIыщIэкIэ, пашэхэм ящыщ зэрыхъуар. «Италием и цIыхухэм дэ куэдым дыхуаущиящ, республикэм IэмалыфIхэр щызэтеуващ псынщIэу къызыпыкIэ жыг хадэхэм хэдгъэхъуэн папщIэ. ДяпэкIэ а жыг хадэхэм я куэдагъым фIагъри къыдэкIуэнущ», — жиIащ абы.
Псори дызэрыщыгъуазэщи, КъБР-м и мэкъумэш хозяйствэм и зыужьыныгъэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщщ псынщIэу къызыпыкIэ жыг хадэхэр нэхъыбэ щIыныр. 2008 — 2012 гъэхэм къриубыдэу апхуэдэ хадэу гектар минитIым щIигъу хасащ. Апхуэдиз зыхузэфIэкIа Урысей псом щыIэкъым. 2013 гъэм и закъуэ хаса жыг хадэхэр гектар 500-м щIегъу.
Жыг хадэхэм псынщIэу зрагъэубгъун папщIэ, республикэм жыгыщIэхэр щагъэкI питомникыу гектари 125-рэ къызэрагъэпэщащ. Абы и фIыщIэкIэ гъэ къэс КъБР-м и мэкъумэшыщIэхэм жыгыщIэу мелуани 3-м нэблагъэ къаIэрыхьэнущ. Урысейм щыщу КъБР-м и закъуэщ жыг хадэхэмрэ жызум хадэхэмрэ къыщагъэсэбэп бетон пкъохэр зыщI завод, пхъэщхьэмыщхьэр щахъумэкIэ зралъхьэ пластик ашыкхэр щащI завод здэщыIэр. Мыгувэу къыщIагъэкIыу щIадзэнущ пхъэщхьэмыщхьэр уэм щахъумэн папщIэ трапхъуэ хъархэр.
Ди республикэм апхуэдэу псынщIэу щаухуэ иджырей технологиехэр къыщагъэсэбэп пхъэщ-хьэмыщхьэ хъумапIэхэр. Иджыпсту лажьэу щыIэ апхуэдэ хъумапIи 6-м зэуэ тонн мин 40 щIохуэ. 2020 гъэм ирихьэлIэу ди деж щыIэнущ пхъэщхьэмыщхьэрэ хадэхэкIыу тонн мин 200 хуэдиз зыщIэхуэну хъумапIэхэр.
2024 гъэм ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэшыщIэхэм я мурадщ пхъэщхьэмыщхьэрэ мэракIуэ зэмылIэужьыгъуэу илъэс къэс кърахьэлIэр тонн мелуаным нагъэсыну икIи абы и фIыщIэкIэ апхуэдэ шхыныгъуэу Урысейм нэгъуэщI къэралхэм къыщищэхур ягъэмэщIэну.
КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31604.txt"
} |
Правительствэм и УнафэщIыр текIащ
Хьэсанэ Р. ТI. и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр
Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
1. «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и IуэхукIэ» 1999 гъэм мазаем и 20-м къащта Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон №5-РЗ-м и 7-нэ статьям и Iыхьэ 1-м ипкъ иткIэ Хьэсанэ Руслан ТIалэ и къуэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и къулыкъур щхьэщыхын.
2. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и къалэнхэр пIалъэкIэ игъэзэщIэну и ипщэ илъхьэн Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Марьяш Иринэ Евгений и пхъум.
3. Мы Указым къару егъуэт Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен
Налшык къалэ
2013 гъэм фокIадэм и 3-м
№137-УГ
И къулыкъум трагъэкIащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Хьэсанэ Руслан. Абы и къалэнхэр игъэзэщIэну и пщэ иралъхьащ республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Марьяш Иринэ. Правительствэм хэт адрей псори я къулыкъухэм къыпэрынащ.
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Конституцэм халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэм ятеухуауэ», «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым зэхъуэкIыныгъэхэмрэ дэщIыгъужыныгъэхэмрэ хэлъхьэным теухуауэ» законхэм халъхьа зэхъуэкIыныгъэхэм япкъ иткIэ, Правительствэм и УнафэщIыр и къулыкъум зэрытекIым кърикIуэркъым зэрыщыту Правительствэр текIыныр.
КъБР-м и Iэтащхьэмрэ
Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31606.txt"
} |
Адыгэ псори фыкъыхудоджэ
Сирие Хьэрып Республикэм щекIуэкI зауэм и зэран зэкIа ди лъэпкъэгъухэм защIэгъэкъуэн мурадкIэ, Урысей Сбербанкым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэ №8631-м счет хэха къыщызэIуахащ. Ди къуэш-шыпхъухэм ядэIэпыкъуну хуей дэтхэнэми мы счетым ахъшэ хилъхьэ хъунущ:
ИНН 0711040610/ КПП 072101001
Расчетный счет 40703810060330000227
БИК 040702660
Корсчет 30101810600000000660
Кабардино-Балкарское ОСБ №8631, г. Нальчик, ул. Пушкина/Кешокова, 33а/72
Адыгэ псори фыкъыхудоджэ: IуэхуфI влэжьыным фепIэщIэкI! Фи дэтхэнэ сомри иджыпсту дэхуэха ди лъэпкъэгъухэм сэбэп зэрахуэхъунум шэч къытевмыхьэ. Абыхэм дазэрыкъуэувэным, зэрызащIэдгъэкъуэным Iэмалу щыIэр къыхуэдвгъэгъэсэбэп! Ди нэхъыжьыфIхэм купщIэшхуэ халъхьащ «Узэкъуэтмэ - улъэщщ!» псалъэхэм.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31611.txt"
} |
Псыдзэ зыщIэуахэм фадэIэпыкъуну фыхуеймэ
2013 гъэм фокIадэм и 2-м щегъэжьауэ республикэм и пощт IуэхущIапIэ псоми къыщыIах КъуэкIыпIэ Жыжьэм и щIыналъэхэм щыпсэухэм ящыщу псыдзэм и зэран зэкIахэм цIыхухэр езыхэр яфIэфIу зэрадэIэпыкъу ахъшэр. Ар пощткIэ ягъэхь «Урысейм и Жор Плъыжь» зэгухьэныгъэм и цIэкIэ.
«Урысейм и пощтым» и Iэтащхьэхэр къащта унафэм ипкъ иткIэ апхуэдэ дэIэпыкъуныгъэ къызыбгъэдэкIхэм тарифкIэ щхьэщатыкIыпхъэ ахъшэр къыIахынукъым.
«Урысейм и Жор Плъыжьым» и реквизитхэр:
ИНН 7728014523
КПП 772801001
Р/с 40703810800020008563
«Урысейм и ХъумапIэ банк» ОАО
Москва къалэ
К/с 30101810400000000225
БИК 044525225
ОГРН 1037700182772
Ахъшэр щевгъэхькIэ итхэн хуейщ «2013 гъэм КъуэкIыпIэ Жыжьэм щыпсэухэм ящыщу псыдзэм и зэран зэкIахэм цIыхухэр езыхэм яфIэфIу зэрадэIэпыкъу ахъшэщ» жиIэу.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31613.txt"
} |
«Лъагъуэр гъуэгум хуокIуэ»
Аращ фIищар тхакIуэ Хьэх Сэфарбий и романым. А тхылъыщIэр «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ.
Лъагъуэ цIыкIуфэкIуу зэбгрыжа гукъэкIыжхэм цIыхум и гур зэрыгъу Iуэхугъуэ псори къызэщIакъуащ: псэм и щэхур, фэм дэхуа гугъуехьхэр, гъащIэм и мыхьэнэр… Псом хуэмыдэу гъэщIэгъуэнщ фIэщхъуныгъэм пэжыжьэу зыкъэзылъытэж Хьэхым псэр дунейм къыщIытехьэ щхьэусыгъуэхэм езыр-езырурэ къахуигъуэтыж жэуапхэр. Ахэр тхылъым и едзыгъуэ къэс къыхоувэ. Къыхэувэхуи, зыми зэхимыха Iуэху еплъыкIэщIэ щиIуатэу.
Тхылъым увыпIэ щхьэхуэ щиубыдащ адыгэм и тхыдэмрэ къыдекIуэкI хабзэхэмрэ, зауэ лъэхъэнэ гугъум, Дыгъужьыкъуэ къуажэжьым дэсхэм зауэ нэужьым яшэчам. Мы лъэхъэнэхэр IупщIу къыхощ «ХъыбарегъащIэ бэлътоку», «Нэмыцэхэр цIыху Iейщ» зыфIища Iыхьэхэм.
Сабиигъуэри, щIалэгъуэри, курыт ныбжьри зи гупсысэ куухэмкIэ зэзыпхыжа Хьэх Сэфарбий и дэтхэнэ зы хъыбарри дерсышхуэ къыхэпхын хуэдэу зэхэлъхьащ.
«Лъэныкъуэ псомкIи къикIа лъагъуэхэр зы гъуэгушхуэм хуэкIуащ, адэкIэ-щэ?» — жытIэу Хьэхым дыщеупщIым, жэуапу къыдитащ: «Лъагъуэ псори зыщIэзыша гъуэгум ипщэкIи ищхъэрэкIи иунэтIыну иджы хуитщ…» Апхуэдэ гъэпсыкIэр творческэ гупсысэ къулейм и нагъыщэщи, куэдым фIыуэ ялъагъу тхакIуэм и IэдакъэщIэкI тхылъеджэхэр иджыри мызэ-мытIэу игъэгуфIэну ди гуапэщ.
Хьэх Сэфарбий и ныбжьыр илъэс 75-рэ щрикъум ирихьэлIэу къыдэкIа романым сюжет пыухыкIа иIэкъым. Ар щIэщ ди литературэм дежкIэ.
Жанхъуэт Зузэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31615.txt"
} |
Акъылым зезыгъэужь щIалэгъуалэ зэпеуэ
«ЩIалэгъуалэм я Iуэху зэIумыбзхэмкIэ институт» цIыхубэ зэгухьэныгъэр, «Лъэпкъ псапащIэ фондымрэ» КъБР-м ХъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министерствэмрэ и щIэгъэкъуэну, «ЦIыхубэ зэгухьэныгъэхэм я инкубатор» проектым йолэжь.
Абы и къызэгъэпэщакIуэхэм я мурадщ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэ цIыхубэ зэгухьэныгъэхэм зрагъэужьыну, техникэ, мылъку, щIэныгъэ консультацэ я лъэныкъуэкIэ щIэгъэкъуэн хъуну. Абы папщIэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм хэтхэм тренинг-семинархэр драгъэкIуэкI. Абыхэм ящыщ зы къыщызэрагъэпэщат Iуащхьэмахуэ лъапэ щыIэ «Приэльбрусье» пансионатым.
ЩIалэгъуалэм епсэлъащ эксперт Костенкэ Наталье. Зэгухьэныгъэ щхьэхуэхэр зэхыхьэурэ гуп къызэрагъэхъу Iэмалхэм, Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэм дихьэх щIалэгъуалэр зэуIу пщIымэ, я хъуэпсапIэм лъэIэсыфыну къару яIэ зэрыхъум, нэгъуэщIхэми теухуат абы и чэнджэщу щIалэгъуалэм зэхахар.
Абы и псалъэм пищащ граждан жэрдэм щIынымкIэ «Ещанэ сектор» центрым и унафэщI, «Граждан жэрдэм щIынымкIэ школ» проектым и Iэтащхьэ, эксперт Якорев Егор. Ар тепсэлъыхьащ «Анализ проблемного поля» методикэм. НэгъуэщIу жыпIэмэ, Iуэху зэIумыбзхэм щьэусыгъуэ яхуэхъухэм. Экспертым къызэригъэпэщащ акъылым зезыгъэужь зэпеуэ. ЩIалэгъуалэм ар щIэщыгъуэ ящыхъуащ икIи шэч хэлъкъым Iуэху гуэр зыублэну зи мурадым ар сэбэп зэрыхуэхъунум.
Iуащхьэмахуэ лъапэ щрагъэкIуэкI тренингхэм я мыхьэнэм къытхутепсэлъыхьащ КъБР-м и ЩIалэгъуалэ палатэм и унафэщI Джаппуев Мусэ.
— «ЦIыхубэ зэгухьэныгъэхэм я инкубатор» проектыр илъэс етIуанэ хъуауэ йокIуэкI. А Iуэхум теухуауэ зыкъытхуэзыгъазэ зэгухьэныгъэхэм сэбэп дазэрыхуэхъуным иужь дитщ, къапщтэмэ, IэщIагъэлIхэм я чэнджэщхэм щIыдогъэдэIу.
ЩIалэгъуалэм къахузэдгъэпэщ тренингхэмкIэ ди мурадщ ахэр зыпэрыувэ Iуэхум гукъыдэж хуаIэу, щIэщыгъуагъ халъхьэфу, IэмалыщIэхэр къахуэгупсысу едгъэсэну. ЗэIущIэхэм щыщ гуэрхэр Iуащхьэмахуэ лъапэ зэрыщедгъэкIуэкIыр щIалэгъуалэм я гуапэщ — зыгъэпсэхунри Iуэхум хэгъуэзэнри зэдахьри.
Гугъуэт Заремэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31620.txt"
} |
Iуащхьэмахуэ и щыгум нэс
Аруан район автомобиль школым и унафэщI Гулэжын Беслъэн зи пашэ, Урысей ДОСААФ-м и къудамэу КъБР-м щыIэм хэт гуп, езым я жэрдэмкIэ Iуащхьэмахуэ дэкIащ. Ахэр Аруан военкоматым и лэжьакIуэ Шыбзыхъуэ Инал, Бахъсэн Ипщэ къуажэ администрацэм и тхьэмадэ Джаппуев Аслъэнбэч, тренер-инструктор, УФ-м альпинизм спортымкIэ и мастерым и кандидат, Гулэжыным и къуажэгъу къэхъундэс Шыбзыхъуэ Къазбэч, Шэшэн зауэм хэта БейцIыкIу Аслъэн, Афган зауэм и ветеран Цоков Тимирлан, гъуэгугъэлъагъуэ Колычев Артур сымэщ.
Нарткъалэ илъэси 100 зэрырикъум ирихьэлIэу Я къалэм и махуэш-хуэм ирихьэлIэу «ФIыуэ тлъагъу Нарткъалэ илъэси 100 ирокъу» зытетха плакатыр, Урысейм и къалэ-лIыхъужьхэм, дзэ щIыхьым и къалэхэм я ныпхэр абы щыхэтIэным теухуа Iуэхур къыхэзылъхьар Гулэжын Беслъэнщ. Ар ящыщщ ипэжыпэкIэ хэкупсэ цIыхущ зыхужаIэхэм, къэкIуэнур зей щIэблэм я лъахэр, Хэкур фIыуэ ялъагъуу, абы хуэпэжу къэтэджыным хэлъхьэныгъэ хуэзыщI, еш имыщIэу и къалэныр зыгъэзащIэхэм. А псом и щыхьэтщ «Урысейм и хэкупсэ» медалыр мы гъэм къызэрыхуагъэфэщар.
ШыщхьэуIум и 26-м и жэщым гъуэгу техьа гупыр, уэс зыщIэлъ жьышхуэ къепщэрэ метри 3-5 нэхъыбэкIэ уимыгъаплъэми, къикIуэтакъым, ахэр метр 5642-рэ зи лъагагъ щыгум къыщыхутащ. Налшык — Дон Iус Ростов — Воронеж — Курск — Орел — Брянск — Смоленск — Минск — Брест къалэхэр зэпызыщIэу ирагъэкIуэкIа автомобиль зэдэжэм щыгъуэ зэхуахьэсат Урысейм и къалэ-лIыхъужьхэм, дзэ щIыхьым и къалэхэм, дзэ-хэкупсэ клубхэм, Урысейм и ДОСААФ-м, «Боевое братство» зэгухьэныгъэм, хьэуа-десант дзэхэм, Афганым щызэуахэм я ветеран зэгухьэныгъэу КъБР-м щыIэм я ныпхэр — псори зэхэту 20. ШыщхьэуIум и 27-м сыхьэти 10-рэ дакъикъэ 30-м Iуащхьэмахуэ и щыгум щыхатIащ а псори, «ФIыуэ тлъагъу Нарткъалэ илъэси 100 ирокъу» баннерыр дэщIыгъуу.
Гупыр къащымыщIауэ къехыжащ. Iуащхьэмахуэ лъапэ и Азау тафэм деж ахэр гуапэу къыщрагъэблэгъэжащ Iуащхьэмахуэ дэкIыным зыхуэгъэхьэзырынымрэ шынагъуэн- шагъэр къызэпэщынымрэ зи нэIэ щIэта, Урысей ДОСААФ-м и къудамэу КъБР-м щыIэм и унафэщIым и къуэдзэ запасым щыIэ полковник МацIыхъу Хъусен, Афган зауэм и ветеранхэм я зэгухьэныгъэу КъБР-м щыIэм и унафэщI Тхьэгъэлэдж Тимуррэ къулыкъу къыдэзыщIахэмрэ. Гупым ящIыгъуа тренер-инструктор Шыбзыхъуэ Къазбэч иджы 24-рэ Iуащхьэмахуэ дэкIащ. Ар ирихьэлIат къыщалъхуа махуэми, илъэс 41-рэ зэрырикъумкIэ абы псори ехъуэхъуащ. «Си хъуэпса- пIэщ Эверест сыдэкIыну, иджыри зэ ди республикэм и цIэр, и пщIэр згъэIун папщIэ. Iэмал имыIэу ар зэзгъэхъулIэнущ», — яжриIащ щIалэм къызэхуэсахэм.
Илъэс куэд хъуауэ Аруан автошколым дэлажьэ Аруан район военко-матым и лэжьакIуэ Шыбзыхъуэ Инали егуэпащ. Урысей ДОСААФ-м и щIыналъэ къудамэу КъБР-м щыIэм къыбгъэдэкIыу абы иратащ «Урысей ДОСААФ-р илъэс 85-рэ ирокъу» медалыр.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, советыдзэхэр Афганистаным къызэрырашыжрэ етIанэгъэ мазаем и 15-м илъэс 25-рэ ирикъунущ. Абы теухуа Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр республикэм щрагъэкIуэкIынущ.
УЭРДОКЪУЭ Женя.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31623.txt"
} |
Спортсмени 100-м щIигъу
Тырныауз къалэм дэт «Геолог» физкультурэ-узыншагъэр щрагъэфIакIуэ спорт IуэхущIапIэм фокIадэм и 13 — 15-хэм щекIуэкIынущ алыдж-урым бэнэкIэмкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ, СССР-м спортымкIэ и мастерхэу Байзуллаев Юсуфрэ Мирзоев Хъызыррэ я фэеплъу къызэрагъэпэщыр.
Зэпеуэм хэтынущ илъэс 18 ныбжьым щыщIэдзауэ спортым и мастерым и кандидатым мынэхъ лъахъшэу Ростов, Ставрополь, Краснодар къалэхэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Ингушым, Шэшэным, Осетие Ищхъэрэ-Аланием, Дагъыстэным я спортсмени 100-м щIигъу. Зэхьэзэхуэнухэр я хьэлъагъ елъытауэ, гупи 8-уэ гуэшауэ щытынущи, абыхэм ящыщу 7-р олимпиадэм къитIасэхэрщ.
Iуащхьэмахуэ муниципальнэ куейм и щIыпIэ администрацэм и пресс-секретарь Тарим Алисэ щыгъуазэ дызэрищIамкIэ, зэхьэзэхуэр фокIадэм и 14-м сыхьэт 15-м къызэIуахынущ. Абы кърихьэлIэнущ КъБР-м Спортымрэ туризмэмкIэ и министерствэм я лIыкIуэхэр, спортсмен цIэрыIуэхэр, Iуащхьэмахуэ куейм и унафэщIхэр.
Урысейпсо зэпеуэм щытекIуэхэм иратыну медалхэм къадэкIуэу «Спортым и мастер» цIэхэри фIащынущ. Iуащхьэмахуэ куейм физкультурэмрэ спортымкIэ и комитетым и унафэщI Жаппуев Магомед зэрыжиIамкIэ, зэхьэзэхуэр иджы епщыкIутхуанэрэ ирагъэкIуэкI. Алыдж-урым бэнэкIэмкIэ спортсмен цIэрыIуэхэм ящыщ куэдым я ехъулIэныгъэхэм щIэдзапIэ яхуэхъуащ «Геолог» спорт IуэхущIапIэм и утыкур. Абыхэм ящыщщ ди лъахэгъу, зэпеуэр щекIуэкIыну Iуащхьэмахуэ куейм щыщ, Лондон щекIуэкIа Олимп джэгухэм жэз медаль къыщызыхьа, Урысейм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ щIыхь зиIэ и тренер Локьяев Юрий и гъэсэн Курамагомедов Заур.
Дыгулыбгъу Быцэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31627.txt"
} |
Дызэрыгушхуэ бэнакIуэ ныбжьыщIэхэр
Налшык къалэ дэт Сабий стадионым щекIуэкIа пресс-конференцым кърагъэблэгъат Болгарием алыдж-урым бэнэкIэмкIэ щекIуэкIа дунейпсо чемпионатым дыщэ медаль къыщызыхьа Къуэдзокъуэ Сосрыкъуэ, дуней псом пашэныгъэр къыщыхьынымкIэ кадетхэм я зэхьэзэхуэм дыщэ, жэз медалхэр щызыIэрызыгъэхьа Фанзий Сослъэнбэчрэ Адыгэунэ Къаирбэчрэ.
КъБР-м спортымрэ туризмэмкIэ и министр АфIэунэ Аслъэнрэ республикэм и сабий-ныбжьыщIэ спорт школым и унафэщI Адыгэунэ Аскэррэ ди бэнакIуэ ныбжьыщIэхэм я ехъулIэныгъэхэм гулъытэ хуащIащ, алыдж-урым бэнэкIэм теухуауэ щыIэ гугъуехьхэм къытеувыIащ. Спортсменхэм жаIащ я зыгъэпсэхугъуэр зэрагъакIуэр, къапэщыт зэхьэзэхуэхэм я къарур зэрыхузэщIагъэуIуэр.
Къуэдзокъуэ Сосрыкъуэ балигъ спортсмен гупым яхыхьащ икIи къэралым и командэ нэхъыщхьэм хэту зигъэсэну ирагъэблэгъащ. Фэнзий Сослъэнбэчрэ (ди лъахэгъур зэхьэзэхуэхэм хэтщ Азербайджаным и цIэкIэ) Адыгэунэ Къаирбэчрэ фокIадэм и кIэм Будапешт щекIуэкIыну зэхьэзэхуэхэм кIуэнущ.
УАРДЭ Жантинэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31629.txt"
} |
Subsets and Splits
No community queries yet
The top public SQL queries from the community will appear here once available.