text
stringlengths 11
353k
| meta
dict |
---|---|
Хьэршым щолажьэ
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "30848.txt"
} |
Нобэ
1988 гъэм иухащ Иранымрэ Иракымрэ илъэсийкIэ яку дэлъа зауэр.
1913 гъэм шыщхьэуIум и 20 — 25-хэм Киев щызэхэтащ Япэ Урысей спорт Олимпиадэр.
Шэрджэс тхакIуэ Хьэкъун Исуф къызэралъхурэ илъэс 94-рэ ирокъу.
УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ, Мейкъуапэ щIыхь зиIэ и цIыху ЩхьэкIуэмыдэ Нуриет къызэралъхурэ илъэс 92-рэ ирокъу.
КъБР-м и цIыхубэ артисткэ Ерчэн Казимэ къызэралъхурэ илъэс 84-рэ ирокъу.
Филологие щIэныгъэхэм я кандидат, хэхэс адыгэхэм я литературэр зыдж Чурей Дыжьын къыщалъхуа махуэщ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 25 — 26-рэ, жэщым градус 18 — 21-рэ щыхъунущ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "30850.txt"
} |
КъБР-м щыщу зэхуэсым хэтхэм я проекту плIыщIым щIигъу пхагъэкIащ
Кавказ Ищхъэрэм и щIалэгъуалэм я «Мэшыкъуэ-2013» зэхыхьэм и япэ зэхуэсыгъуэм и лэжьыгъэр и гуащIэгъуэу йокIуэкI. Къэбэрдей-Балъкъэрым икIауэ абы хэт цIыхуи 130-м ящыщу 40-м нэблагъэм я проектхэр пхагъэкIыну хунэсащ.
БлэкIа тхьэмахуэ махуэм зэхыхьэм творческэ Iуэху зыбжанэ къыщызэрагъэпэщащ. Мыбы щекIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Осетие Ищхъэрэ-Аланием, Ингушым, Ставрополь крайм, Шэшэным, Дагъыстэным я КВН командэхэм я зэпеуэр. Ар къызэгъэпэщынымкIэ икъукIэ сэбэпышхуэ хъуащ «Абхъазым щыщ нартхэр», «Пирамидэ» гуп цIэрыIуэм хэтхэр. А махуэм екIуэкIа нэгузыужь Iуэхухэм я кIэухыу щытащ макъ гъуэзэджэ зиIэ уэрэджыIакIуэ Тураевэ Марьямрэ гитарэм IэкIуэлъакIуэу еуэ Белгъэрокъуэ Иналрэ я концертыр. Абыхэм инджылызыбзэкIэ ятха уэрэдхэр щIалэгъуалэм ягу ирихьащ. Апхуэдэу Iэгуауэ ин хуаIэтащ зэфIэкIышхуэ зыбгъэдэлъ музыкант Ерчэн Щамили.
Пщыгъуэш Асият.
БищIо Аслъэн и дерсхэр
БищIо Аслъэн къофэ. Псыхуабэ щызэхуэса щIалэгъуалэм я деж щыхьэщIащ киномрэ телевиденэмрэ я артист, КВН программэм хэт БищIо Аслъэн. Ар «Щэнхабзэмрэ творчествэмрэ» унэтIыныгъэр къыхэзыхахэм я пащхьэ лекцэ къыщеджащ. Апхуэдэу хьэщIэм щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ щыгъуазэ ищIащ езым и гъащIэмрэ лэжьыгъэмрэ. Аслъэн тепсэлъыхьащ езыр программэ пыухыкIахэм зэрыхэт щIыкIэм, уеблэмэ утыкум къихьэри ислъэмей ищIащ.
«Сэ фэ хуабжьу сынывохъуапсэ. Мы зэхыхьэшхуэм фызэрыхэтыр икъукIэ тэмэмщ. Ди зэманым апхуэдэ Iэмал щыIакъым», — къыхигъэщхьэхукIащ актерым. Абы жиIащ Кавказ Ищхъэрэм и къалэ нэхъ ин псоми псапащIэ Iуэхухэр къыщызэригъэпэщыну зэримурадыр: «Сэ цIыху нэхъ цIэрыIуэ гуп зэщIэзгъэуIуэу адэ-анэ зыщхьэщымытыжхэр щапIыж сабий унэхэм сыкIуэну, абыхэм я нэгу зезгъэужьыну, ягу ирихьын тыгъэхэр яхуэсщIыну сигу илъщ».
ЗэIущIэм и ужькIэ хьэщIэмрэ бысымхэмрэ зэщIыгъуу сурэт зытрагъэхащ, апхуэдэу БищIо Аслъэн хэтащ «КВН Кавказ» лигэм и фестивалым.
Узыншагъэм нэхърэ нэхъыщхьэ щыIэкъым
«Мэшыкъуэ-2013» зэхыхьэм шыщхьэуIум и 16-м къыщызэрагъэпэща лекцэхэм ящыщ зыбжанэр узыншагъэмрэ спортымрэ ятеухуауэ щытащ. «Си гъусэу нажэ» урысейпсо щIалэгъуалэ проектым и федеральнэ штабым и лIыкIуэ Ядрышниковэ Алинэ тепсэлъыхьащ узыншагъэр хъумэным пыщIа Iуэхухэм. Абы зэрыжиIамкIэ, езыр зыхэт къэралпсо проектым дэтхэнэми Iэмал кърет узыншагъэр хъумэным теухуа псэукIэ зэтригъэувэну, абы папщIэ диетологиемкIэ, фитнесымкIэ, веллнесымкIэ IэщIагъэлIхэр зыдигъэIэпыкъуну. Мы проектым щIалэгъуалэр зэрыдихьэхам и щыхьэтщ ар къэралым и щIыналъэу 60-м щIигъум щагъэзащIэу зэрыхуежьар. Зэрыщыту къапщтэмэ, «Си гъусэу нажэ» проектым гулъытэ хуэзыщIахэм я бжыгъэр цIыху мелуан ныкъуэм щIегъу.
Наркотикхэр зэрызэблагъэкIым кIэлъыплъынымкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и Управленэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэм и лэжьакIуэ Ремнев Константин иригъэкIуэкIа дерсыр зытеухуауэ щытар щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ я узыншагъэр зэрахъумэным хуэунэтIынырщ, ахэр мыхъумыщIагъэхэм ящыхъумэнырщ. Къэпсэлъам фадэу зы абджрэ тутынищрэ къищтэри, абыхэм узыншагъэр зыкъутэ щхъухь зэмылIэужьыгъуэу хэлъхэр зыхуэдизыр псоми яригъэлъэгъуащ.
Узыншагъэр хъумэным теухуа лэжьыгъэм щыщ Iыхьэу щытащ ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ федеральнэ агентствэм и жэрдэмкIэ къызэрагъэпэща «Команда-2018» проектым хэтхэм утыку кърахьахэри. Проектым и унафэщI Герцен Дмитрий зэрыжиIамкIэ, ар къызэрагъэпэщащ щIалэгъуалэм я спорт зэхьэзэхуэхэр я бжыгъэкIэ нэхъыбэ ящIын папщIэ. Проектым ипкъ иткIэ я мурадщ 2014 гъэм Сочэ къалэм щекIуэкIыну щIымахуэ Олимп джэгухэмрэ 2018 гъэм футболымкIэ екIуэкIыну дунейпсо чемпионатымрэ щылэжьэну волонтерхэр къыхахыну.
А махуэм и етIуанэ Iыхьэм спорт зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэхэр ирагъэкIуэкIащ. ФутболымкIэ, стритболымкIэ, волейболымкIэ, стIолыщхьэ теннисымкIэ зэпеуахэм я деж щытекIуащ «Узыншэу псэуныр» унэтIыныгъэм хэтхэм я командэхэр.
«Мэшыкъуэ-2013» зэхыхьэм
и пресс-центр.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "30852.txt"
} |
Республикэм и махуэм зыхуагъэхьэзыр
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Къэралыгъуэм и махуэр зэрагъэлъэпIэнум теухуауэ щытащ къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэу мэрем кIуам КъБР-м и Правительствэм и Унэм щызэхэтар. Ар иригъэкIуэкIащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къуэдзокъуэ Мухьэмэд.
— Республикэм и махуэр зэрыдгъэлъэпIэнум теухуа ди япэ зэIущIэр Iуэхугъуищым тещIыхьащ: махуэшхуэм ирихьэлIэу екIуэкIыну зэхьэзэхуэхэр, ахэр къызэрызэрагъэпэщыну мардэхэр; къалэр зэрагъэщIэрэщIэнур, администрацэм махуэшхуэм зэрызыхуигъэхьэзыр щIыкIэхэр; шынагъуэншэу а псор екIуэкIынымкIэ МВД-м и лэжьакIуэхэм я къалэнхэр, — жиIащ Къуэдзокъуэм.
Япэу псалъэ зратар КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Фырэ Русланщ.
— Махуэшхуэм хуэдгъэхьэзыр зэхьэзэхуэхэр щекIуэкIынущ Налшыкрэ район щхьэхуэхэмрэ. Ахэр къызэрызэдгъэпэщыну щIыкIэхэм дащытепсэлъыхьым, дэ къэтлъытащ республикэм и министерствэхэм, районхэм абы теухуауэ къытхуагъэхьа тхыгъэхэр, чэнджэщхэр, — жиIащ Фырэм. — ШыщхьэуIум и 31-мрэ фокIадэм и 1-мрэ республикэм щекIуэкIынущ щэнхабзэ, спорт зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэхэр. ШыщхьэуIум и 31-м КъБР-м и СурэтыщIхэм я союзым хэтхэм Лъэпкъ музейм къыщызэIуахынущ «Бжьыхьэ-2013» гъэлъэгъуэныгъэр. А махуэ дыдэм республикэм и сурэттеххэм я гъэлъэгъуэныгъэр, «Си лъахэ» зыфIащар, сурэтыщI гъуазджэмкIэ музейм, Ткаченкэ и цIэр зезыхьэм, щекIуэкIынущ. Хабзэ хъуащ фокIадэм и 1-м школхэм Республикэм и махуэмрэ ЩIэныгъэм и махуэмрэ хухаха дерсхэр щрагъэкIуэкIыу. Ауэ мы гъэм а Iуэхум щхьэхуэу хэплъэжын хуейщ фокIадэм и 1-р тхьэмахуэу зэрытехуэм къыхэкIыу. Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэмкIэ республикэ унэм и гупэм зэхьэзэхуэ щаублэнущ. Къалэм дэт фэеплъхэм удз гъэгъахэр тралъхьэнущ. Налшык ипподромым щекIуэкIынущ «Iуащхьэмахуэ и Кубок-2013» VII дунейпсо шыгъажэр. «Восток» киногъэлъэгъуапIэм и гупэм Зауэмрэ лэжьыгъэмрэ я ветеранхэм я хорым и концерт щыIэнущ. Къэбэрдейр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 400 зэрырикъум и щIыхькIэ Налшык иIэ утым эстрадэ оркестрым и концерт, «Урысейм игъащIэкIэ дригъусэу» фIащауэ, щекIуэкIынущ. ХьэтIохъущокъуэм и цIэр зезыхьэ жыг хадэм щыIэнущ еджакIуэхэм ящIа сурэтхэм, хьэпшып цIыкIухэм, апхуэдэуи шхыныгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм я гъэлъэгъуэныгъэ. Республикэм и районхэмрэ къалэхэмрэ IуэрыIуатэм пыщIа зэхьэзэхуэ Абхъазым и утым щызэхаублэнущ. «Си республикэ, Си Урысей» концертыр ЗэгурыIуэныгъэм и утым щекIуэкIынущ. АбыкIэ махуэшхуэр зэ-хуащIыжынущ.
— Зэхьэзэхуэр щекIуэкIыну щIыпIэхэр дубзыхуащ, къалэр гъэщIэрэщIэн мыгувэу щIадзэнущ, — къыпищащ Налшык къалэ администрацэм и лэжьакIуэ Тап Руслан. — А псори шыщхьэуIум и 25-м ирихьэлIэу хьэзыр хъунущ.
ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ республикэм и МВД-м и лэжьакIуэ Теппеев Ахъмэт.
— Гъэ еджэгъуэщIэр зэрыщIидзэжым, Республикэм и махуэр зэрыдгъэлъэпIэнум ехьэлIа Iуэхухэр тэмэму зэфIэкIыным кIэлъыплъынущ МВД-м и лэжьакIуэ куэд. Шынагъуэ, хабзэншагъэ къэмыхъун папщIэ гъущI детекторхэри къагъэсэбэпынущи, ар цIыхухэм къагурыIуэн хуейщ,- къыхигъэщащ къэпсалъэм.
Гугъуэт Заремэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "30856.txt"
} |
Кавказ Ищхъэрэм зегъэужьыным пыщIа Iуэхухэм хоплъэ
Къанокъуэ Арсен хэтащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и социально-экономикэ зыужьыныгъэм пыщIа IуэхухэмкIэ правительствэ комиссэм и зэIущIэу УФ-м и премьер-министр Медведев Дмитрий дыгъуасэ Пятигорск щригъэкIуэкIам.
Зэхуэсым щытепсэлъыхьащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым 2025 гъэм нэсыху зэрызиужьыну къэрал программэм, зэман кIыхьым тещIыхьа къэрал экономикэ политикэм, лъэпкъ зэгурыIуэныгъэ къызэгъэпэщыным, демографие политикэр пхыгъэкIыным я IуэхукIэ УФ-м и Президентым 2012 гъэм накъыгъэм и 7-м къыдигъэкIа указхэр гъэзэщIа зэрыхъум. Апхуэдэу зэIущIэм щыхэплъащ округым и агропромышленнэ комплексым зегъэужьыным пыщIа IуэхухэмкIэ лэжьакIуэ гуп къызэгъэпэщыным.
ЗэIущIэм хэтащ УФ-м и вице-премьер, УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэ Хлопонин Александр, федеральнэ министрхэу: финансхэмкIэ — Силуанов Антон, щIыналъэ зыужьыныгъэмкIэ — Слюняев Игорь, егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ — Ливанов Дмитрий, щэнхабзэмкIэ — Мединский Владимир, энергетикэмкIэ — Новак Александр, узыншагъэр хъумэнымкIэ — Скворцовэ Вероникэ.
Медведев Дмитрий шэджагъуэ нэужьым щыIащ Кавказ Ищхъэрэм и щIалэгъуалэм я «Мэшыкъуэ-2013» зэхуэсым. Абы и лэжьыгъэм иджыпсту хэтщ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ щIалэрэ хъыджэбзу 130-рэ.
КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ
я пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "30858.txt"
} |
Адыгэ театрым и щIэблэ
Ди республикэм къыщыхаха щIалэгъуалэ гуп Щукин Борис и цIэр зезыхьэ театр институтым илъэситI ипэкIэ ягъэкIуауэ щытащ адыгэ студиеу щрагъэджэну. Я гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къэкIуэжауэ абыхэм иджыпсту щагъакIуэ. Мы махуэхэм ящыщ зым студентхэр къеблэгъащ «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и деж.
Сурэтым щысхэр: Джатэжьокъуэ Константин, Семэн Астемыр, Шыпш Къантемыр, Блашэ Имран, щытхэр: Батыр Iэдэм, Багъ Иннэ, Къурмэн Регинэ, Сэбаншэ Ленэ, Зэмай Iэминэ, МафIэдз Заирэ. Тезыхар Къумахуэ Аслъэнщ.
ХьэфIыцIэр абыхэм гуапэу яIущIащ, я Iуэху зыIутым щIэупщIащ, адыгэ лъэпкъым и щыIэкIэ-псэукIэм яхутепсэлъыхьащ, урыс тхакIуэшхуэхэм я къалэмыпэм къыщIэкIауэ адыгэбзэкIэ зэдзэкIа тхыгъэхэр, ди лъэпкъ тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкI пьесэхэр къагъуэтынымкIэ сэбэп яхуэхъуащ. ЩIалэгъуалэм яфIэгъэщIэгъуэну щIэупщIащ Мухьэмэд зи унафэщI газетым и тхыдэм, нобэкIэ гу нэхъ зылъитэхэм, лъэпкъ Iуэхум иужь зэритым. А псоми я жэуапыр тхьэмадэм ирита нэужь, ди хьэщIэ студентхэм упщIэ зыбжанэкIэ захуэдгъэзащ Москва щагъэкIуа илъэситIым зыхуагъэсахэм, яджахэм, къыхаха IэщIа-гъэм зэрыхущытым, я мурадхэм, нэгъуэщIхэми теухуауэ.
Щукиным и цIэр зезыхьэ театр институтым адыгэ студиеу тIу щеджащ, мыхэр ещанэ гупщ. ЦIыху 12 хъу студием щыщ дэтхэнэ зыми иджы щыщIэдзауэ сценэм иту зелъагъуж, республикэм и щэнхабзэ гъащIэр къагъэщIэрэщIэжыныр, щIэщыгъуагъ гуэр халъхьэныр я хъуэпсапIэу йоджэ.
Зэмай Iэминэ: — Москва япэ дыдэу дыщыкIуам, къалащхьэр зылъэгъуаи зымылъэгъуаи къытхэтти, псори тфIэтелъыджэу зытплъыхьырт. Япэ махуэхэм тIэкIу гуитI-щхьитIу дыщытами, дыкъикIуэтакъым. Институтым дызэрыщIыхьэу ди унэ дыкIуэжа хуэдэу къытщыхъуащ. Апхуэдэу цIыху Iув щызекIуэркъым, щеджэхэр къытхуэгуапэу къытщыгуфIыкIыу дызрагъэцIыхуащ. ЕгъэджакIуэхэрати, хуабжьу гуапэу къытIущIащ. Еджэн щIэддза нэужьи, щIэныгъэ зэгъэгъуэтыным димыхьэха къытхэткъым. Жэщ хъуху доджэри, пщыхьэщхьэ хуэкIуэ хъуауэ дыщезэшахэм дежи, дыкъыщIэкIыжыну дыхуэмейуэ апхуэдэщ.
Ди курсым и унафэщI Ворошиловэ Людмилэ теухуауэ щхьэхуэу жысIэну сыхуейт, джэдкъуртым хуэдэу къытщхьэщыту, сыт хуэдэ Iуэху диIэми къыддиIыгъыу зэрыщытыр. Ар анэ етIуанэ тхуэхъуащ жытIэмэ, пцIы дупсынукъым. Сыту жыпIэмэ, дэтхэнэми къытщIэупщIэу, ди гукъыдэжыр зыхуэдэм сыт щыгъуи гу лъитэу апхуэдэщ. КъищынэмыщIауэ, ди лъэпкъыбзэм, щэнхабзэм, хабзэм фIэгъэщIэгъуэну зыщегъэгъуазэ. Иджы адыгэбзэ идогъа-щIэ, адыгэ къафэм хуэд-гъэсащ.
Батыр Iэдэм: — Дэ нэгъуэщI лъэпкъ дыкъыхэкIауэ, нэгъуэщI щIыпIэ дыкъикIауэ къащыхъуркъым дызыхыхьахэм, хуабжьу къытхуэгуапэщ. Пэжщ, ди егъэджакIуэхэр къыщытхуэгубжь къохъу, къуаншагъэ гуэр тIэщIэкIамэ. Ауэ апхуэдэхэм дежи дифI зэрызэрахуэр къыдгуроIуэ. Я лэжьыгъэм фIы, хъер къыпэкIуэну хуейщи, йогугъу, ар зыхыдощIыкIри, щыуагъэ зэрыдмыщIэным дыхущIокъу. Си щхьэкIэ сыкъапщтэмэ, ди школ егъэджакIуэхэм нэхърэ нэхъ къытхуэсакъыу къысщохъу ахэр.
Багъ Иннэ: — Нэхъыбэу си гуапэ хъур ди хабзэр, ди бзэр тщымыгъупщэу, дыкъызыхэкIа лъэпкъым дыхуэфащэу дыщытын зэрыхуейр урыс егъэджакIуэхэм махуэ къэс къызэрыджаIэрщ. Адыгэ гупым сыт зыщIе- дгъэлIэлIэн хуейр жамыIэу, ягурэ я псэрэ зэIухауэ къыдбгъэдэтщи, фIыщIэ яхуэфащэщ. Уеблэмэ, абыхэм гу зыщылъыдагъэтэж щыIэщ: урысхэм зедгъэщхьыну яужь дихьамэ е абыхэм я хьэл гуэр къыддалъэгъуамэ, апхуэдэ фи хабзэт-тIэ фэ, щхьэ фыфейм фытемытыжрэ жаIэу.
Семэн Астемыр: — Адыгэм ди бзэр, псэлъэкIэр, утыку итыкIэр фIыуэ тщIэнымкIэ сэбэпышхуэ къытхуэхъуащ Къул Амир. Щэнхабзэм и щхьэхуэныгъэхэми дыхигъэгъуэзащ, дымыщIэ куэд къыдигъэщIащ. Япэ курсым апхуэдэу къыддэлэжьар Балъкъыз Валерэщ.
Джатэжьокъуэ Константин: — ЕгъэджакIуэхэми, еджакIуэхэми ди зэхущытыкIэр фIыуэ зэтеубла хъуащ. ДыщыкIуа дыдэм урыс щIалэхэм драгъэблагъэри, общежитым дашащ, дызыхыхьа щIалэгъуалэри нэжэгужэу къытпежьащ. Осетин студие щеджэу дыкIуати, къуэшым хуэдэу къытхущIэкIащ. Гузэва щыIауи жаIэ, Кавказым аргуэру къикI гупым я зэхуаку къыдэхъуэну зэхущытыкIэр зэрыхъунум теухуауэ. Ауэ нобэр къыздэсым зыгуэрым декъуэншэкIауэ е ди гъуэгу къызэпаупщIауэ къэхъуакъым. Осетинхэм мы гъэм къаухри къэкIуэжащ, иджы ди зы гупращ Кавказым икIауэ щыIэнур.
Дэ зыгуэрхэм дафIэнэну е уэрамым дыдэтыну апхуэдэ зэман диIэкъым: пщэдджыжьым жьыуэ еджапIэм докIуэри, махуэ псор абы щыдогъакIуэ. ЗэрыжытIащи, абы лъэпкъ зэхэгъэж щекIуэкIыркъым.
Дызыхуеджэ IэщIагъэм дызэрыдихьэхым и гугъу пщIымэ, иджыри къэс хуабжьу гъэщIэгъуэну щытащ. ЗэкIэ постановкэ гугъу диIакъым, ауэ дызыхэта пычыгъуэхэм лэжьыгъэм и купщIэр дигъэлъэгъуащ. ДяпэкIэ ещанэ курсым дэ езым спектакль цIыкIухэр дгъэуву дгъэлъэгъуэн хуейуэ къалэн къытщащIынущ, ди зэфIэкIыр здынэсыр къахутэну. Ди гупым щыщхэм къыхахакIэщ ягъэувынур, мурад зырыз дэтхэнэми иIэщи, тхьэм къаригъэхъулIэ. Псалъэм папщIэ, псом япэу спектакль зыгъэувыну жэрдэм зыщIахэм ящыщщ Батыр Iэдэм икIи егъэджакIуэхэм къыжраIащ зэрыхузэфIэкIынур.
Бэтыр Iэдэм: — Сэ мурад сщIащ Мрожек Славомир и «Пащтыхь» пьесэр адыгэбзэкIэ зэздзэкIыу згъэувыну. Абы лIыжьыр, и къуэрылъхур, окулистыр хэту аращи, си курсэгъухэр си дэIэпыкъуэгъуу сыпэлъэщыну къысщохъу. Иджыри къэс дызыхурагъэджам нэс къызэрыдгурыIуар кърапщытэну аращ абы. ТхузэфIэкIыну дыкъегъэгугъэ.
Сэбаншы Ленэ: — Ди гупыр Москва ягъэкIуэну къыщыхахым къыддэлэжьа IэщIагъэлIхэр щымыуауэ къызолъытэ. Хуабжьу гуп хъарзынэ дызэрыгъэхъуащ, дэтхэнэми дызыхуеджэ IэщIагъэм и нэ къыхуикIыу апхуэдэщ икIи, нэхъыщхьэращи, зэфIэкI ябгъэдэлъщ. Ар къалъытащ Москва дынэса нэужь драгъэджэн щIэзыдзахэми. Иджы дэтхэнэми мурад зырыз ищIащи, абы фIым ущегъэгугъ. Псори дызэрыIыгъщи, ар сэбэп къытхуэхъужынущ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, зым режиссёр Iэзагъ щигъэлъагъуэм деж ролыр зыгъэзащIэр абы дэIэпыкъуу аращ, икIи езым и зэфIэкIыр къахутэ. Узэкъуэтмэ, узыпэмылъэщын щыIэкъым.
Блашэ Имран: — Егъэджэныгъэ ухуэкIэр зэрекIуэкIымкIэ сыарэзыщ. Теорие защIэу щытамэ, дытезэшэнкIэ хъунут, практикэ дерсхэри куэду хэтщи, абы нэхъ щIэщыгъуэ ещI. ПфIэмыгъэщIэгъуэн, уигу дэмыхьэ гуэрхэми урохьэлIэ, дауи, ауэ ахэр ди IэщIагъэр зэрызэхэлъ налъэу зэрыщытым дытригъэхьэулеикIыркъым.
Къыздеджэхэми сэри нэхъыфIу тлъагъур актер Iэзагъым дыщыхуагъасэ дерсхэращ. Къапщтэмэ, сыт хуэдэ гугъуехь еджэным хэлъми къыпхузэмынэкIын хуэдэу щыткъым, апхуэдизкIэ ди гупыр зэрыIыгъщи. Дэ дызэдеджэ, дызэныбжьэгъу къудейкъым, атIэ зэдэлъху-зэшыпхъу дызэхуэхъуауэ, зым Iэпыхур адрейм къищтэжу еджапIэми дыщызэгъусэщ, общежитми дыщызэдопсэу.
МафIэдз Заирэ: — Ди курсым щIэсхэр зэпеуэхэм жыджэру хэтщ, нэгъуэщI щIыпIэхэм къыщызэрагъэпэщ фестивалхэм я зэфIэкI щагъэлъагъуэ. Ещанэ курсыр тIэкIу нэхъ гугъуу щытыну къыщIэкIынщ блэкIахэм нэхърэ. Ди щхьэ закъуэу спектакль цIыкIухэр дгъэувурэ дгъэлъэгъуэн хуейщ. Ауэ, зэрыжаIащи, псори ущызэгъусэм деж ари шынагъуэкъым.
Жыкъуэ Назир: — Москва дыщыIэнуи, театр институтым дыщеджэнуи къыщIыдэмыхьэлъэкIыр гупу дызэрызэгъусэр арауэ къыс- щохъу. Еджэн Iуэхум и мызакъуэу, сыт хуэдэ къалэн къытлъыкъуэкIми, зэрызэфIэдгъэкIыр дызэщIыгъуущ. Ди унагъуэхэм дапэIэщIэ щхьэкIэ, ди ныбжьэгъухэм я фIыгъэкIэ абы пылъ гугъуехьыр зыхэтщIэркъым.
Къурмэн Регинэ: — Актёр IэщIагъэм сызэрыцIыкIурэ сехъуапсэрти, кIуэ пэтми нэхъ сыхуэпабгъэу арати, къызэхъулIащ. ГъэщIэгъуэн куэд къэтщIащ дызэреджа илъэситIым. Иджыри апхуэдизрэ дыщыIэмэ, си фIэщ мэхъу ди IэщIагъэм и щэху псоми дызэрыхагъэгъуэзэнур. НэгъуэщI лъэпкъ къыхэкIахэм къалащхьэм лей къащытехьэ куэдрэ къэхъуу телевизорым къигъэлъагъуэми, дэ апхуэдэ зэи дыIууакъым. Ди махуэхэр щыкIуэр институтращи, абы зэхэгъэж гуэри зэрыщыземыкIуэм тынш тщещI гъащIэри еджэнри.
Шыпш Къантемыр: — Си ныбжьэгъухэм я псалъэхэм арэзы садохъу. Гугъуехь псоми дыщIыпэлъэщыр зэкъуэш хуэдэу дызэрызэбгъэдэтращ. Си гугъэщ къэдуха нэужьи, апхуэдэу дыкъэнэжыну. Дызэдеджауэ, дызэдэлажьэу, балигъ гъащIэм дыхэтыну къыщызэфIэзгъэщIкIэ, си гур хохъуэ.
Зэмай Iэминэ: — Студентыгъуэ пIалъэращ цIыху гъащIэм нэхъ гъэщIэгъуэну хэтыр. Дызэреджэм нэмыщI, дауи, ди щхьэр зэрытедгъэун, ди нэгу зэрызедгъэужьын Iэмалхэри къыдоулъэпхъэщ. Апхуэдэхэм дежи, шэч хэмылъу, псори дызэгъусэщ. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, тфIэфIщ дэтхэнэ зыри къыщалъхуа махуэр нэхъ гъэщIэгъуэну хуэдгъэлъэпIэну. Укъэзылъхуахэмрэ къыбдалъхуахэмрэ уащыпэжыжьэм деж, апхуэдэ махуэхэм цIыхум хуэпщIэр тIуащIэу гуапэ щохъу. Дэ сыт щыгъуи иужь дитщ мис а махуэхэр гукъинэжу, гуапэу зэрыдгъэкIуэнум. Хъыджэбз цIыкIухэм уеупщIмэ, нэхъ ягу къинэжауэ къыбжаIэнур, ди щIалэ цIыкIухэм гъатхэпэм и 8-р зэрытхуагъэлъэпIауэ щытаращ. Дэ дахэмыту езыхэр пщафIэри, ерыскъыкIэ бей Iэнэ къытхуаузэдауэ щытащ, адыгэ шхыныгъуэхэри телъу. Ар гукъинэжт, телъыджэт ди дежкIэ.
Блашэ Имран: — Къэралым, республикэм и зыужьыныгъэм, щэнхабзэ дунейм хэлъхьэныгъэ хуэтщIыну ди хъуэпсапIэщ. Дэ сыт щыгъуи щапхъэ тхуохъу япэ дыдэу Москва щеджа студиер, ахэращ нобэ адыгэ театрым пкъыуэ иIэр. Тхьэм жиIэмэ, нэхъыкIэ дымыхъуу, лъэпкъым дыкъызэрыхуэсэбэпыным иужь дитынщ.
Батыр Iэдэм: — Дызыхуе-джэ IэщIагъэм хуэмей зыри къытхэткъым, ауэ еджэн къэдухмэ, Iуэхур зэрыхъунур иджыпсту жыпIэфынукъым. Псалъэм папщIэ, сэ сегъэгузавэ актерхэм къахь улахуэр зэрымащIэ дыдэм. Хъыджэбзхэри, щIалэхэри унагъуэ дыхъумэ, ар зэрытхуэгъэпсэун ди IэщIагъэм къридлэжьыфу щытын хуейкъэ?! ГъащIэм и гугъуехьым, псэуным текIуадэм щытыкIэ гугъу дригъэувэрэ дызэбгрымылъэлъыжмэ, си фIэщ мэхъу республикэм и сэбэпынагъ длэжьу куэдрэ адыгэ щэнхабзэм дызэрыхэтынур.
Джатэжьокъуэ Константин: — Си мурадхэм, хъуэпсапIэхэм ящыщщ сэ сы-къыщыхъуа Дзэлыкъуэ районым театр дэсщIыхьыну. Ар сызэрыцIыкIурэ сызэгупсыс Iуэхущ. Дэ Налшык дызэрыпэжыжьэм къыхэкIыу, ди цIыхухэр нэхъыбэрэ Псыхуабэ, Нартсанэ макIуэ. Урысхэм яхэту загъэпсэхуу, я нэгу зрагъэужьу щыт нэхърэ нэ-хъыфIтэкъэ, ди щIыналъэм театр итарэ щэнхабзэ лъагэр я плъапIэу псэуамэ.
Сэри шэч къытесхьэркъым, ди гупым республикэм сэбэпынагъ къызэрыхуихьынум. Къэбэрдей-Балъкъэрым и унафэщIхэри, ди лъэпкъэгъухэри фIыкIэ къытщыгугъыу драгъаджэу аращи, Тхьэм жиIэмэ, зи лъабжьэр быдэ, жыжьэ къыщежьэ адыгэ театрым къудамэ мымахэ дыхуэхъунщ.
НэщIэпыджэ Замирэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "30863.txt"
} |
«Алания»-р Кубокым къыщытпэщIохуэ
Урысей Федерацэм футболымкIэ и кубокыр 2013/2014 гъэхэм къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэм япэ дивизионым и командэхэри щыхыхьэ финалым и 1/32-нэ Iыхьэр къэсащ. Абы «Спартак-Налшыкым» хьэрхуэрэгъу къыщыхуэхъуащ Владикавказ и «Алания»-р.
Мэзкуу иджыблагъэ щекIуэкIа пхъэидзэм финалым и 1/32-нэ Iыхьэм щызэпэщIэувэнухэр иубзыхуащ. Япэ дивизионым и командэхэм я нэхъыбэм хьэрхуэрэгъу къахуэхъуар етIуанэ дивизионым щыщхэрщ. АрщхьэкIэ «я насып къикIащ» «Уфа»-м, «Нефтехимик»-м, «Спартак-Налшыкым», «Алания»-м, «Газовик»-м, «Сибирь»-м. Ахэр зыр адрейм ныкъуэкъуэгъу хуэ-хъуащ.
Кубокым зэрыщыхабзэщи, дивизион нэхъыщIэм щыщхэм «нэхъыжьхэр» ирагъэблагъэ. Апхуэдэу екIуэкIынущ «Химки» — «Шинник», «Тосно» — «Динамо», «Долгопрудный» — «Балтика», «Сокол» — «Арсенал», «Звезда» — «Торпедо» (Мэзкуу), «Авангард» — «Химик», «МИТОС» — «Салют», «Торпедо» (Армавир) – «Ротор», «Дагдизель» — «Ангушт», «Зенит» — «Мордовия», «Тюмень» — «Енисей», «Якутия» — «СКА-Энергия», «Чита» — «Луч-Энергия» зэIущIэхэр.
Зы гупым щыджэгу «Уфа» — «Нефтехимик», «Спартак-Налшык» — «Алания», «Газовик» — «Сибирь» командэхэм я зэпэщIэтыныгъэхэм хэгъэрейуэ пхъэидзэм иубзыхуар япэу итхэрщ. Абы и фIыгъэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым футболым щыдихьэххэм Налшык и «Спартак» стадионым фокIадэм и 1-м щалъэгъунущ зэгъунэгъу республикитIым я топджэгу нэхъыфIхэр зэрызэдэджэгум. Ар къикIуэт здэщымыIэ зэныкъуэкъуныгъэщ, сыту жыпIэмэ кубокым и хабзэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ зы зэIущIэ фIэкIа финалым хуэзышэ дэтхэнэ Iыхьэми зэрыщрамыгъэкIуэкIыр икIи абы къыщыхагъэщIар зэхьэзэхуэм къы- зэрыхагъэкIыр. Дыщыгугъынщ «Спартак-Налшыкым» Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэралыгъуэм и махуэм щыIэну джэгугъуэм текIуэныгъэр щызыIэригъыхьэу къыкIэлъыкIуэу, финалым и 1/16-нэм, премьер-лигэм щыщ командэ къытхуригъэблэгъэну.
Жыласэ Заурбэч.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "30867.txt"
} |
Уи хъуэпсапIэхэр зэбгъэхъулIэну ухуей?
КъБР-м Лэжьыгъэмрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм и нэIэм щIэту лажьэ, балигъыпIэ имыувахэм щакIэлъыплъ «Нэмыс» центрым мы зэманым щыIэщ сабий 55-рэ, я ныбжьыр илъэси 3-м къыщыщIэдзауэ 18-м нэсу.
Гъэмахуэ мазэхэм абыхэм я деж кIуащ хьэрычэтыщIэхэр, щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэм хэтхэр, гущIэгъу зыхэлъ цIыху къызэрыгуэкIхэр. Апхуэдэ зэхуэзэныгъэхэмрэ зэпсэлъэныгъэхэмрэ сабийхэм Iэмал къарет жылагъуэм нэхъ хэзэгъэну, я дуней еплъыкIэм зрагъэхъуэжу нэхъыфI зэрыхъунум хущIэкъуну. Мы махуэхэм «Нэмысым» яхуеблэгъащ «Вконтакте» сайтым щызэрыщIэ ныбжьыщIэ 15-м щIигъу. Къыхэгъэщыпхъэщ а гупым хэтхэм ящыщхэр абдеж щызэрыцIыхуауэ зэрыщытыр. Абыхэм сабийхэм Iэнэ хуагъэуващ, зэпеуэ, зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэхэр къыхузэрагъэпэщащ.
Центрым щыIэ сабийхэр къахуеблэгъахэм гуапэу епсэлъылIащ. Абыхэм гурагъэIуащ уи хъуэпсапIэхэм ящыщ куэд зэбгъэхъулIэнымкIэ Iэмал имыIэу нэхъыжьхэм я дэIэпыкъуныгъэм ущыгугъын хуейуэ зэрыщымытыр, атIэ нэгъуэщI хэкIыпIэхэр къызэрыгъуэтыпхъэр.
НыбжьыщIэхэр ныбжьэгъу зэхуэхъуауэ зэбгъэдэкIыжащ. ДяпэкIэ зэрахузэфIэкIкIэ зыр адрейм дэIэпыкъунуи зэгурыIуащ.
«Нэмыс» центрым щыIэ сабийхэр гъэ еджэгъуэщIэм хуагъэхьэзыр. МылъкукIэ абыхэм защIэзыгъакъуэ советым хэт, республикэ радиом и редактор Теувэжыкъуэ Марьянэ зэрыжиIамкIэ, цIыкIухэм мыгувэу къыхуащэхунущ щыгъынхэр, тхылъхэр, тетрадхэр, ручкэхэр, портфелхэр.
Иджыпсту сабийхэм загъэпсэху, спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ загъасэ, тхылъ йоджэ, республикэм и щIыпIэдахэхэм зыплъыхьакIуэ макIуэ, нэгузыужь пшыхьхэр ирагъэкIуэкI.
Токъмакъ Мадинэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "30873.txt"
} |
Хэкупсэхэр
Лъэпкъ къуэпсыр зэпызыщIэж Шыгъушэ Хъусен
УафэхъуэпскIым идза щыблэр IэубыдыпIэншэу щIылъэм къохуэхри, зылъэIэсыр еущыкъуей. Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм апхуэдэу къатехуат Урыс-Кавказ зауэр. Ди адыгэ лъэпкъри дунеижьым и дурэшхэм дикъухьат. Зы адэ-анэм къилъхуахэр зэлъэмыIэсыжыфу хамэ къэралхэм игуэша хъуауэ, лъэпкъ къуэпсхэр зэпычауэ нобэр къыздэсым йокIуэкI. Я щхьэ хуимыту лъэпкъыр зрагъэбгына ди адэжьхэр куэд щIащ дунейм зэрехыжрэ. Анэ бгъафэм щIача сабийуэ хэкум къыхуэпабгъэу я дунейр яхьащ. Абыхэм яхузэфIэкIар зыщ, я щIэблэм уэсят къыхуагъэнэнырщ: «Хэкужьым вгъэзэж, къуэш-шыпхъухэр къэвгъуэтыж, адэжь лъапсэ фекIуэлIэжи, лъэпкъыр зыуэ зэкъуэвгъэувэж».
ХьэщIэхэмрэ бысымхэмрэ. Тхьэм и шыкуркIэ нобэ а Iуэхум хуэлажьэхэр ди мащIэкъым. Хэкужьым къэзыгъэзэжыну хуейхэм ядоIэпыкъу КъБР-м и Правительствэр, Дунейпсо, Къэбэрдей Адыгэ Хасэхэр, «Пэрыт» зэгухьэныгъэр. Ди щIэныгъэлIхэм, журналистхэм дуней псом щикъухьа адыгэхэм я Iуэху зыIутым дыщагъэгъуазэ, лъэпкъхэм я зэпыщIэжыныгъэхэр зэIуащэж. ЛъэпкъылI нэскIэ узэджэ хъунухэри къоунэху. Апхуэдэхэр ди мащIэкъым Шыгъушэхи. Нэхъ къыхэзгъэщыну сыхуейт егъэджакIуэу илъэс куэдкIэ лэжьа Шыгъушэ Алий, «Си лъэпкъыр — си къежьапIэр» тхылъыр зи IэдакъэщIэкI, «Шыгъушэ зэгухьэныгъэм» и тхьэмадэ, щIэныгъэлI Шыгъушэ Хьэбил сымэ. Нобэ къытхэмытыжми, ди лъэпкъым и цIэр фIыкIэ игъэIуащ ЩIДАА-м и академик, медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор Шыгъушэ Хьэсэн.
Си тхыгъэр зытеухуа Шыгъушэ Хъусен Iэмин и къуэри «И лъэпкъым щхьэкIэ зригъэукIынщ» зыхужаIэхэм ящыщщ. Ар Новороссийск (ЦIэмэз) къалэм щопсэу, хьэрычэтыщIэщ, сытым дежи и мылъкум псапэ хищIыкIыу апхуэдэщ, псом нэхъыщхьэращи, лъэпкъ Iуэхур зи гъащIэм гуэзыухуанэщ.
Шыгъушэхэ куэд щIауэ я мурадт лъэпкъ зэхуэс ящIыну, ауэ Iуэхур и кIэм нэмысу ужьыхыжырт. Ди республикэм и къалэхэм, къуажэхэм щыпсэу Шыгъушэхэр зэщIэгъэуIуэныр Iуэху гугъутэкъым. Лъэпкъым и щIэдзапIэр къыздежьэ Адыгеймрэ Шэрджэсымрэ лъэужьыр хэгъуэщэжати, зэрыщIэныгъэ лъэпкъ дяку дэлъыжтэкъым. Ахэр къэлъыхъуэнымрэ зыщыпсэу щIыпIэр къэхутэнымрэ зэман хуейти, зи пщэ дэзылъхьэн къытхэкIыртэкъым. «Iуэху мыублэ блэ хэсщ» жыхуаIэращи, абы иужь ихьащ ЦIэмэз щыпсэу щIалэр. Хъусен и лэжьыгъэм зыкъыдигъахуэурэ, Шыгъушэхэ къигъуэтыжащ. Ахэр дэсщ Адыгэ Республикэм щыщ Блашэпсынэ (унагъуэ 15), Куэшхьэблэ (унагъуэ 17), Хьэтэжьыкъуей къуажэхэм, Мейкъуапэ къалэм. Къэрэшей-Шэрджэсым хыхьэ Зеикъуэ къуажэм щыпсэухэр Черкесск Iэпхъуауэ къыщIэкIащ. Хъусен абыхэм запищIащ икIи я къекIуэкIыкIар зригъэщIащ.
Блашэпсынэ дэс нэхъыжьыфI Шыгъушэ Iэмырбийрэ илъэс 98-м щIигъуа абы и анэмрэ (Къущхьэхэ япхъущ) ди лъэпкъым теухуауэ куэд ящIэу къыщIэкIащ. Ахэращ Хъусен дэнэкIэ иунэтIынуми гъуазэ хуэхъуар. Апхуэдэуи абы къыдэIэпыкъуащ Блашэпсынэ къуажэ администрацэм и унафэщIу щыта Iэмырбий и къуэ Мухьэмэд, Мейкъуапэ дэс ди унэкъуэщ Анзор. Мухьэмэдрэ Анзоррэ лъэпкъ Iуэхум телажьэ щIалэхэщ.
Адыгеймрэ Шэрджэ- сымрэ щыIэ Шыгъушэхэр зригъэцIыхуа иужькIэ, Хъусен яужь ихьащ лъэпкъыр зэхуишэсыну. А Iуэхум яужь итт КъБКъМУ-м и доцент Хьэбили. Хъусенрэ Хьэбилрэ я акъыл зэтехуэу зы лъабжьэ зиIэ лъэпкъыр зэшэлIэжыным теухуа Iуэхугъуэхэр яубзыхуащ. Зэхуэсым фIащащ «Шыгъушэхэ я зэгухьэ». Абдежым къыщыхалъхьащ цIыхубзхэм я гупжьей къызэгъэпэщыныр, щIэблэр узыншэу, хабзэ яхэлъу къэралым хуэщхьэпэу гъэсэныр зи нэIэ щIэтын хасэ зэхэшэныр, мылъку зэхэдзэ ящIу зыхузэфIэмыкIхэм дэIэпыкъуныр. Нэхъыщхьэу «Шыгъушэхэ я зэгухьэм» и къалэныр лъэпкъым и къуэпс зэпычар зэпыщIэжынырт.
Хъусен тхьэмадэхэм бгъэдэсщ. Пэжщ, Алии лъэпкъым теухуауэ лэжьыгъэшхуэ зэфIигъэкIащ. Абы, нэхъыжьхэм ящIэж хъыбархэр, архив дэфтэрхэр, тхыдэтххэм я лэжьы-гъэхэр къигъэсэбэпурэ, тхылъ щхьэхуэ къыдигъэкIащ. Ар дунейм къытехьэнымкIэ дэIэпыкъуэгъу хъуари Хъусенщ.
ИгъащIэм зэрымылъэгъуауэ щIыпIэ куэдым щызэбгрыдза зэкъуэшхэр зэIущIэу я хъыбаркIэ, я псэукIэкIэ, я лэжьыгъэкIэ, я щIэблэм ягъахъэкIэ зэпсэлъылIэныр куэд и уасэщ. А Iуэхур яублащ Хьэбилрэ Хъусенрэ.
Шыгъушэхэ я зэхуэсым Адыгейм къикIыу къэкIуа гупым я нэхъыжь Сыхьэт къыщыщыпсалъэм къыхигъэщащ Хъусен хуэдэ лIы щыпкъэ лъэпкъым къызэрыхэкIам зэрыригушхуэр икIи абы ирихьэжьа Iуэху дахэр дэIыгъын зэрыхуейр.
Адыгейми, Шэрджэс- ми, Къэбэрдейми щыпсэу Шыгъушэхэр иджы дызэкIэлъокIуэ, дызэлъоIэс. Тыркум щыIэхэм пыщIэныгъэшхуэ яхудиIэкъым, яхэтщIыкIри мащIэщ. Хэт абы япэу Iэпхъуар? Сыт лъэхъэнэ щыIэпхъуар? Дэ дыкъызытехъукIыжа Исмел къуэш иIауэ пIэрэ? А упщIэхэм я жэуапыр зэрыдмыщIэр ди гукъеуэу дыкъекIуэкIырт. А Iуэхуми иужь ихьащ Хъусен, Тыркум кIуэ ди лъэпкъ лъагъуэр къихутэжащ. Алий и тхылъым щитхат Урыс-Кавказ зауэм щыгъуэ лъэужьыншэу кIуэда Хьэжы-Алий Тыркум кIуауэ шэч ищIу. Абы и пэжыр къахутэфатэкъым. Хъусенрэ Хьэбилрэ мурад ящIащ ар зэхагъэкIыну. Мы Iуэхум зы лъэпощхьэпо хэлът — Тыркум щыIэ ди къуэшхэр езыхэр ШыгъушэкIэ зэджэжми, зэрахьэр абы къыщыфIаща Щокъарэ унэцIэрт.
Хъусен и унагъуэр ХьэтIохъущыкъуеижьым нэсащ. Хъусен ди лъэпкъ дамыгъэр дахэу зытещIыхьа адыгэ ныпыр здихьри, и унагъуэр щIыгъуу Тыркум кIуащ.
Тыркум щыIэ ди къуэшхэр гуапэу къапежьащ Хъусен и унагъуэм. Кхъухьлъатэр щетIысэхар Къайсэр къалэрат, абы километрищэкIэ пэжыжьэ ХьэтIохъущыкъуеижь (Ехья-бей) къуажэм Шыгъушэхэ щызэхуэсауэ Хэкужьым икIахэм къежьэрт.
— Адыгэ фащэ тщыгъыу сэрэ си къуэ Астемыррэ машинэм дыкъыщикIам, япэу си нэр зыхуэзар ахэр зыщIэс ухуэныгъэм и щхьэм акъужьым игъэбырыбу фIэлъ, ди лъэпкъ дамыгъэр зытет щэкI плъыжьырщ, — игу къегъэкIыж Хъусен. — Сэ си нэпсхэр нэм къыщIэуват, ауэ къэтэджу къыспежьа нэхъыжь жьакIэхухэмрэ бзылъхугъэхэмрэ щыслъагъум зызубыдыжащ. Абыхэм сыт хуэдиз гуфIэгъуэ я нэгум къищрэт! ЗыкъытщамыгъэнщIу къытрагъазэурэ IэплIэ къытхуащIырт, зэадэзэкъуэм тщыгъ адыгэ фащэм Iэ къыдалъэрт. ШыгъупIастэ зытелъ Iэнэр къагъэуващ. Iэнэм къыщыдбгъэдэсащ нэхъыжьыфIхэу Шыгъушэхэ Мухьэмэтрэ Бэдрийрэ. Илъэс 84-рэ хъу Мухьэмэт куэдым щыгъуазэт: я къекIуэкIыкIам, къуажэу зэрытIысам, адэжьхэм жаIэжа хъыбархэм. Апхуэдэу хэкум щикIым здаша адыгэшыр ягъэбагъуэу, ахэр ящэкIэрэ зыхэпсэукIын мылъкур зэрагъэпэщу щытащ.
Къуажэм нэхъыжь дыдэу дэсыр ТхьэкIумащIэхэ ейт, ари гуфIэгъуэ зэIущIэм кърагъэблэгъат. Абы Къэзанокъуэ Жэбагъы теухуа хъыбар гъэщIэгъуэн куэд дригъэдэIуащ. ТхьэкIумащIэм зэрыжиIэмкIэ, Къэзанокъуэр и Iыхьлыуэ илъытэрт, абы я къекIуэкIыкIам куууэ щыгъуазэт. Хьэ-тIохъущокъуэпщым теухуауэ ищIэ хъыбархэр нэхъыбэжт. КъыджиIащ а унэцIэр зезыхьэхэр къуажэм дэмысыжми, Тыркум иджыри зэрыщыпсэур, я кхъэри щхьэхуэу зэрыщыIэр. ХьэтIохъущыкъуеижьрэ абы пэгъунэгъу Хьэ-тIохъущыкъуей ЦIыкIурэ (Учпынар) дэсщ Шыдхэ, Шэтхэ, Къэнэмэтхэ, Дзэгъащтэхэ, Шыбзыхъуэхэ, Къардэнхэ, Дамэлейхэ, ТхьэкIумащIэхэ, Хьэткъуэхэ, Уэтейхэ, Бланэмыхьхэ, Абрэджхэ, Агуейхэ, Мэкъуауэхэ, Алъэсчырхэ, Шыгъушэхэ, Мэкэрхэ, Думэнхэ, нэгъуэщIхэри.
Хъусен нэхъыбэрэ и псэлъэгъуу щыта Хъеруйлаи, адрей нэхъыжьхэми зэрыжаIамкIэ, Хэкужьым икIыу Тыркум кIуар Мусэбийщ. И къуиплIыр щIыгъуу ар гъуэгу техьащ (бынхэм я анэм и цIэр ящIэжыркъым). Ахэр Хьэжы-Алий, Хьэжумар, Исмэхьил сымэт. ЩIалэ еплIанэр абыхэм я гъусэу Тыркум щIынэмысам и щхьэусыгъуэр ящIэркъым.
— Шыгъушэ Алий и тхылъым зи гугъу щищIа Хьэжы-Алий Хэкужьым къигъэзэжри, илъэс нэхъ зимыIэжьэу аргуэру Тыркум игъэзэжауэ щытащ, — къеIуэтэж адэкIэ Хъусен. — Хамэ щIыпIэр псэупIэ зыхуэхъуахэм я гугъэр хахыртэкъым Къэбэрдейм къэкIуэжыну, ауэ абыкIэ хъыбарыфI къызэримыIукIым тригъэшхуэхэртэкъым. ВластыщIэ къэунэхуам мылъку зыбгъэдэлъым трахыу, дин лэжьакIуэр зэхэзехуэн ящIу щызэхахым, я гугъэр хахыжри, щIыпIэм зэрызыщагъэбыдэным иужь ихьащ. ЗэрымыгъэкIуэдын, зэрыIыгъын папщIэ ХьэтIохъущыкъуейм икIахэм ХьэтIохъущыкъуеижь, ХьэтIохъущыкъуей ЦIыкIу жылэхэр яухуащ…
Адэжь щIыналъэм къикIа хьэщIэхэм джэгу дахи хузэхашащ. Хъусен и къуэ Астемыри къафэ екIукIэ утыкур игъэдэхащ. «Хэкужьым къикIа ди къуэш цIыкIур къофэ», — жаIэу ныбжьыщIэм Iэгуауэшхуэ хуаIэтырт, сурэтхэр трахырт. Апхуэдэу кIуащ япэ махуэр.
ЛIэщIыгъуэм щIигъукIэ зэпэIэщIэу псэуа зэкъуэшхэм я мащIэтэкъым зытепсэлъыхьын. ЕтIуанэ махуэм шэджагъуэ нэужьым Хъусен щIэлъэIуащ лъэпкъым и нэхъыжьхэр зыщIэлъ кхъэм яшэну. Ар гъэщIэрэщIауэ щыттэкъым, мывэ кIыхьхэр сатыру екIуэкIырт. Шыгъушэ лъэпкъыр къэзытехъукIыжа нэхъыжьхэм я кхъащхьэ иуэжахэм тет мывэхэр зэманым ипхъэхауэ щIым еплъыхырт, Кавказым икIа щIалэм зыкъыхуагъэщхъ хуэдэ.
Ещанэ махуэм Хъусенрэ и щхьэгъусэ ФатIимэрэ, я бынитIыр ящIыгъуу, я унэкъуэщ унагъуэхэм щыхьэщIащ, абыхэм я псэукIэр зрагъэлъэгъуащ, нэхъ гъунэгъууи зэрыцIыхуахэщ.
Тыркум щыпсэу Шы- гъушэхэ я тхыдэр нэсу къэхута хъуакъым, ахэр унагъуэ 50-м щIегъу. Лъэпкъым и щIалэ пажэхэу Нихьэтрэ Ибрэхьимрэ я пщэ иралъхьэжащ а Iуэхур зэфIахыу Хъусен хъыбар къыхурагъэхьыжыну. УнэцIэ хьэхур (Щокъарэ) яхъуэжурэ я адэжьхэм зэрахьар къащтэж. Тыркум щыпсэу Шыгъушэхэм яхэткъым щIэныгъэ, IэщIагъэ зимыIэ. Къулыкъушхуэ зезыхьахэм ящыщщ Анкара къалэм щыпсэу Нихьэт. Лъэпкъым щыщ куэд Къайсэр, Анталие къалэхэм щопсэу.
Ежьэжыгъуэ махуэр лъэныкъуитIым я дежкIи тынштэкъым. Зэрырагъэблэгъам хуэдэуи, псори къызэхуэсри, Хэкужьымрэ лъэпкъымрэ къыхурагъэхь сэламым нэпсхэр тещащэу Хъусен и унагъуэр кърагъэжьэжащ, мыгувэу езыхэм ящыщ Хэкужьым къэкIуэну псалъэ зэIэпахри.
Шыгъушэ Хьэбас.
Бахъсэн щIыналъэ,
Зеикъуэ къуажэ.
Iуэху еплъыкIэ
ДыздэкIуэжым дауэ дахэзэгъэжыну?
Пасэ зэманхэм Тыркур хэщIапIэ зыхуэхъуа ди лъэпкъэгъухэр нэхъыбэу щыпсэууэ щытар къуажэхэрщ. КъащIэхъуэ щIэблэр къыдэкIуэтейуэрэ къалэхэм еджапIэ, лэжьапIэ кIуэурэ, нэхъыбэр абыхэм къыдэнэжащ. А щIыпIэм щыIэ адыгэ жылэхэм нобэ я псэукIэр зэдгъэщIэну зыхуэдгъэзащ Къарэахьмэд къуажэм и унафэщI Унэж Байкал.
Унэж Байкал — Сэ зэрысщIэмкIэ, Унэжхэ мы къуажэм япэу къэIэпхъуахэм ящыщщ. Байкал, сыт щекIуэкIрэ нобэ фи жылэм?
— Ди къуажэр зэраухуэрэ илъэси 100 ирокъу. А зэманым къриубыдэу ди жылэм мыIейуэ зиужьащ. Къарэахьмэдыр зыхыхьэ Гёксун щIыпIэм (райцентрым) км 8-кIэ пэжыжьэу аращ. Зэрыплъагъущи, ди гъуэгухэм асфальт телъщ, унэхэм уэздыгъэ кIапсэхэр, псы зэрыкIуэну бжьамийхэр зэрырашалIэрэ илъэс 30-м щIигъуащ. Сэ сыщыцIыкIум къуажэр сыбгынэри, илъэс IэджэкIэ къалэдэсу сыпсэуащ, ауэ иджы Къарэахьмэдым къэзгъэзэжащ. Си бынхэм адыгэбзэр яIэщIэхужыпэнкIэ шынагъуэ щыIэти, сыкъыщыхъуам сыкъекIуэлIэжащ. Дауэ хъуми, ди бзэр къуажэхэм нэхъ щыхъума хъуащ. Джэд-къаз диIэщ, унагъуэ псэущхьэхэр зыдохуэ, жыпIэнурамэ, къуажэм тщIэн щыдогъуэт.
Ди жылэм еджагъэшхуэхэр къыдэкIащ, абыхэм къулыкъу хъарзынэхэр яIыгъыу къэралым и зыужьыныгъэм хуолажьэ. Дзэм къулыкъу щыщIэныр IэщIагъэу къыхэзыхари ди мащIэкъым, абыхэм яхэтщ генерал зыбжанэ. Нэхъыжьхэм ящыщу пенсэм кIуахэр адыгэ къуажэхэм къыдэтIысхьэжыну дыхуейт. Иджыпсту зэманыр куэдкIэ нэхъ тынш хъуащ, цIыхухэр зыхуеину псори къуажэхэми къэсащи, мыбдежми псэукIэр къатехьэлъэнукъым, уеблэмэ гупсэхугъуэ щагъуэтынущ.
— Адыгэ лъэпкъым и лъабжьэр къыщежьэр Кавказыращ. Хамэ щIыпIэ щыпсэу дэтхэнэ зыми адэжь щIыналъэр и гум щегъафIэ. Хэкум бгъэзэжыну, абы псэупIэ щызэбгъэпэщыжыну апхуэдэ хъуэпсапIэ уиIэ?
— Пэжщ, Хэкур жэнэт щIыналъэу къытщыхъуу, ар ди плъапIэу дыкъэхъуащ. Си унэкъуэщ Унэжхэр абыкIэ зэрыщыIэр сощIэ, сыкIуэнуи си мурадщ, ауэ ар хэщIапIэ щIыжыным теухуауэ си еплъыкIэр нэгъуэщIщ. Мыбдеж ди адэжьхэм я кхъащхьэхэр щыIэщ, ахэр къызэбнэкIыныр тыншкъым. Узэгупсысыныр мащIэкъым: Тыркум щызэтебубла псэукIэр къызэбнэкIыу, ар уи Хэкужьу щытми, щIэуэ нэгъуэщI щIыпIэ гъащIэ щызэтебублэжыныр Iуэху къызэрыгуэкIкъым. ДыздэкIуэжым дауэ дахэзэгъэжыну? Абы сыт щытщIэфыну пIэрэ? Куэд мэхъу абы и лъэныкъуэкIэ щхьэм щыкIэрахъуэ упщIэхэр. Дэ дымыгъэзэжми, дызэрыщIэу дыпсэуфынущ. Дызэкъуэтыну, дызэрыщIэну дыхуеймэ, Iэмал куэд щыIэщ. ПсынщIэу зызыужь дунейм къытхуихь зэхъуэкIыныгъэфIхэм я фIыгъэкIэ дызылъэIэсыфынущ, хъыбаркIи дызэхъуэжэфынущ. Сэ дэнэ щIыпIэ сыщыпсэуми, си лъэпкъым папщIэ схузэфIэкIыр злэжьыну сыхьэзырщ.
Емуз Баязыт.
Тырку, Мараш вилайет.
P.S. Мараш вилайетым хиубыдэ Къарэахьмэд джылахъстэней къуажэм щопсэу КIэмпIарэхэ, Бэлагъхэ, Унэжхэ, Дэрагъуэхэ, Балъкъэрхэ, Гъудэхэ, АфIэунэхэ, Зэшокъуэхэ, Сэбанхэ я унагъуэхэр.
Уджыхъу Исам
Тхыдэ гъуэгуанэхэм я джэрпэджэжхэр
Жэщ зекIуэныр къохъу
Къыщыхэхъыжьэ
Си гупсысэ щхьэм къищхьэрыуам.
Сыхешэжри
Зэман блэкIа жыжьэм,
Къобэуэжыр тхыдэм и хьэуар.
Сытехьащ ныжэби
А гъуэгу жыжьэм,
Гъуэгум тхыдэр къытызоджыкIыж.
ЛIэщIыгъуищэ ныбжьхэм
Я лъэужьу
Зы гъуэгу Iыхьэ пащхьэм
щотэджыж:
Мыр си лъахэм
И лъэхъэнэ дыщэщ,
Нартыжь лъапсэм хабзэр щошууей.
Адыгэжь и хабзэр
Хуэхъуу фащэ,
Си лъэпкъышхуэм къыдоплъей
дунейр…
Нэгум щIэтщ иджы
НэгъуэщI лъэхъэнэ:
Адэжь хэкум топкIэ къыхэуа
Бийм пэщIэтщ бгырысыр
ЛIэн-къэнэну,
Хуитыныгъэщ лъэпкъыр щIэзэуар.
Губжьым,
Зауэм
Ехьыр псори, ешхыр,
Лей зэрахьэм мывэр къигъэчащ.
Ауэ игъэлъахъшэу и щхьэр,
Лъахэм
Бийм мэскъалкIэ худимычыха…
Гъуэгу ещанэр —
Ар ИстамбылакIуэщ:
Гур зыкъутэ гъуэгум я гъуэгуж, —
Сабий къупщхьэ
Гъуэгум телъщ IэплIакIуэу,
ЛIыжь жьакIэхум и щхьэр егъеиж.
Гъатхэ пщIащэу
ЩIалэ, пщащэ шырхэр,
Зи къабзагъ, дахагъэр зэнзэныпс
Пщащэхэр ящIащи гъэр
Хьэ щылъхухэм,
Гъыбзэ къэIум къожэбзэхыр нэпс.
Хы ФIыцIэжьым и толъкъун
Къэджалэм
Къэгъэзэншэу жьэделъафэ КХЪУХЬ.
Зы лъэпкъ псо
Щысхьыншэу ягъэджалъэ,
Зы лъэпкъ псо щIыгушхуэм
щракъухь.
Гъунэгъу пэжу
Дызыщыгугъахэм
Лъым, нэмысым иращIыф сату.
НэжьгъущIыдзэу
Дзэр тхузэрагъэшхыр
Бгъэжь нэпсейхэм, дащIу хэутэн…
Гъуэгу еплIанэрщ.
Нэгум щIокI Апсынэ,
Лъэпкъ Iэщэншэ, гужьгъэжьыншэ
лъэпкъ.
ХьэIуцыдзым
Къыщипхъуащи и нэр,
ИщIэркъым щыIэжу гущIэгъу
лъэпкъ.
Ауэ пэлъэщакъым
Пэжым мысэр.
Хьэжыкъалэ, Мейкъуапэ, Налшыч —
ЗылI и быну
Лъэпкъыр щызэгъусэм
Гуауэм я нэхъ хьэлъэри пхуошэч…
ЗэщIимыхыу иджыри шы-уанэр,
Лъэпкъым ноби пещэр и гъуэгуанэм.
Сирие, Хьэлэб
Мерэтыкъуэ Метин
Си Хэку
Адэжь щIыналъэм и кIэдахъуэм
СыкъыщIэкIатэм удз гъэгъауэ,
IэфIыгъэм гъащIэр щыз ищIынт,
Псэхугъуэр си псэм щыхэпщынт.
Адэжь щIыналъэм и къурш щIагъым
Си гъащIэр псыуэ къыщежьатэм,
ГуфIэгъуэ защIэр есхьэхынт,
Къуршыбгъэ лъагэр псым къищынт.
Голландие, Амстердам
Хъунэгу Надия
Хэхэс уэрэд
Сэ сы хэхэсщ —
ЩIэкIащ Хэкужьыр нэгум.
Ауэ сыт щыгъуи
Лъахэм псэр хуозэш.
ЛIэщIыгъуэ кIуам
Тхьэгъуш хуэхъуауэ си гур
ГуфIэгъуи гуауи
Абы хузогуэш.
Жьыбгъэ унэншэ закъуэрщ
Си ныбжьэгъур.
Нэрымылъагъуми —
Сэщхьу ар нэщхъейщ.
Зэщыджэу къыздехь а жьым
ГъащIэ гугъур,
Дызэподжэж —
ПIалъэншэу дыпIейтейщ.
Жьыр гъуэгу техьамэ —
Сэри зызоIэтыр;
ХьэпщIэууэ ари
Къызбгъэдоувэж, —
ДызэIэпэгъущ зеиншэ
ТхьэмыщкIитIыр, —
Дыщалъхуа унэр
Дэ къыдолъыхъуэж.
Иордание, Амман
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "30876.txt"
} |
Нарт Сосрыкъуэ хуэдэщ Къуэдзокъуэр
Щэбэт кIуам Налшык аэропортым гуфIэгъуэ щIыкIэм иту щыпежьащ алыдж-урым бэнэкIэмкIэ ныбжьыщIэхэм Болгарием и къалащхьэм щрагъэкIуэкIа дунейпсо чемпионатым щытекIуа Къуэдзокъуэ Сосрыкъуэ. Килограмм 84-рэ зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм Бахъсэн районым щыщ Хьэ-тIохъущыкъуей къуажэм къыщалъхуа адыгэ щIалэм къыщыпэлъэщын къахэкIакъым.
Чемпионым и дыщэ медалыр егъэлъагъуэ. Сосрыкъуэ и адэ-анэм кърагъэблэгъэж. Болгарием щекIуэкIа зэхьэзэхуэм бжьыпэр щызыIэрызыгъэхьа Сосрыкъуэ и ныбжьэгъухэм я дамэм тесу, аэровокзалым и унэм къыщIахащ. Абыхэм къапэплъэрт КъБР-м спортымрэ туризмымкIэ и министрым и къуэдзэ Мамхэгъ Хьэчим, республикэм и жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм хэтхэр, Къуэдзокъуэ лъэпкъым я нэхъыжьхэр, щIалэгъуалэр, чемпионым и адэ-анэр, и Iыхьлыхэр, журналистхэр, нэгъуэщIхэри.
ЕхъулIэныгъэ иIэу, республикэм и пщIэр иIэтауэ щIыпIэ жыжьэ къызэрикIыжамкIэ, КъБР-м спортымкIэ и ветеранхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Къуэ-дзокъуэ Анатолэ Сосрыкъуэ гуапэу ехъуэхъуащ. КъыкIэлъыкIуэу нэхъыжьыфIым зэIущIэ-пежьэм къекIуэлIа щIалэгъуалэм захуигъазэри, псэукIэ узыншэм хуэпабгъэу, абы и телъхьэу щытыным къыхуриджащ.
— Мы зэхьэзэхуэм псори зэхэту плIэнейрэ сыщыбэнати, нэхъ гугъу дыдэр иужьрейрат, — къызэхуэсахэм яжриIащ Къуэдзокъуэ Сосрыкъуэ. — Абдежым сэ сызэбэныр Ираным къикIа Гадериан Юсеф Ахьмэдт. Япэ Iыхьэр абы 0: 4 — уэ сфIихьэхуащ. Абы иужькIэ, си гъэсакIуэ Къардэн Анзор къызбгъэдыхьэри, «укъыхагъащIэмэ, сыт напэр уиIэу уи адэ-анэм уаIуплъэжыну?», къызжиIащ. А псалъэхэр игъуэу зэхэсхати, зэфIэкIыу схэлъыр зэщIэскъуэжри, сытекIуащ. Сэ щхьэкIэ гузавэу зэхьэзэхуэм кIэлъыплъа псоми фIыщIэ ин фхузощI!
Къуэдзокъуэ лъэпкъыр.
КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Сурэтхэр Мамий Руслан ейщ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "30884.txt"
} |
Олимп мафIэр Iуащхьэмахуэ щыщIагъэнэнущ
Олимп мафIэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и альпинистхэу Мэз Каринэрэ Ольмезов Абдул-Хьэлымрэ Iуащхьэмахуэ щыгум щыщIагъэнэнущ.
Олимп комитетым иубзыхуащ Европэм и щыгу нэхъ лъагэ дыдэм олимп мафIэр дэзыхьеину командэ къыхэхар. Урысейм альпинизмэмкIэ и щIыналъэ федерацэхэм я лIыкIуэу 100-м ящыщу 6-р Къэбэрдей-Балъкъэрым икIахэрщ. Абыхэм хагъэхьащ Эверест дэкIа альпинист цIэрыIуэхэу Мэз Каринэрэ Ольмезов Абдул-Хьэлымрэ — ахэращ Олимп мафIэр Iуащхьэмахуэ щыгум щыщIагъэнэну дзыхь зыхуащIари.
КъБР-м спортымрэ туризмэмкIэ и министрым и къуэдзэ Двуреченский Анатолий къызэрыджиIамкIэ, яубзыхуа гупым ящIыгъунущ Олимп комитетым шынагъуэншагъэмкIэ и къулыкъум и лэжьакIуэхэр. МафIэр кърахьэхыжынущ сноубордистхэмрэ лыжникхэмрэ.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, Олимп мафIэ эстафетэм 2013 гъэм жэпуэгъуэм и 7-м щIидзэнущ икIи Сочэ щекIуэкIыну щIымахуэ Олимп джэгухэр-2014-р къыщызэIуахкIэ иухынущ. МафIэр Урысей Федерацэм и щIыналъэ 83-м я къалащхьэхэм кIуэцIрахынущ. Олимп джэгухэм я дамыгъэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм 2014 гъэм и щIышылэм къахьынущ, иужькIэ, мазаем и 1-м, Европэм и щыгу нэхъ лъагэм драхьеинущ.
Батыр Марьянэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "30892.txt"
} |
Нобэ
1561 гъэм урыс пащтыхь Грозный Иван щхьэгъусэу ишащ къэбэрдеипщ Идар Темрыкъуэ ипхъу Гуащэнэ (Марие).
1963 гъэм СССР-мрэ Иордан Хьэшимит пащтыхьыгъуэмрэ дипломатие зэхущытыкIэхэр зэхуаIэ хъуащ.
1964 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубзхэм я V съезд екIуэкIащ.
Мароккэм и пащтыхь Мухьэммэд Еханэм и ныбжьыр илъэс 50 ирокъу.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 22 — 24-рэ, жэщым градус 18 — 20 щыхъунущ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "30896.txt"
} |
Спортым зегъэужьыным — сом мелуани 5,8-рэ
УФ-м и Правительствэм и УнафэщI Медведев Дмитрий Iэ щIидзащ щIыналъэхэм спортым зыщегъэужьыным хухах субсидиехэр зэрытрагуашэм. Абы ипкъ иткIэ федеральнэ бюджетым и ахъшэу КъБР-м сом мелуани 5,8-рэ къыхуаутIыпщынущ.
Субсидиехэр ягуэш «2013 гъэм, апхуэдэу 2014, 2015 гъэхэм я лъэхъэнэм федеральнэ бюджетым и IуэхукIэ» законым ипкъ иткIэ. Псори зэхэту къэралым и спорт организацэхэм ядэIэпыкъуным сом мелуан 360-рэ трагъэкIуэдэнущ.
КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ
я пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "30899.txt"
} |
КъБР-м и Iэтащхьэр щыхьэт тохъуэ
Къанокъуэ Арсен хэтащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и социально-экономикэ зыужьыныгъэм пыщIа IуэхухэмкIэ правительствэ комиссэм и зэIущIэу УФ-м и премьер-министр Медведев Дмитрий Пятигорск (Псыхуабэ) щригъэкIуэкIам.
Зэхуэсым щытепсэлыъхьащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым 2025 гъэм нэсыху зэрызиужьыну къэрал программэм, зэман кIыхьым тещIыхьа къэрал экономикэ политикэм, лъэпкъ зэгурыIуэныгъэ къызэгъэпэщыным, демографие политикэр пхыгъэкIыным я IуэхукIэ УФ-м и Президентым 2012 гъэм накъыгъэм и 7-м къыдигъэкIа унафэхэр гъэзэщIа зэрыхъум.
УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым гулъытэ хэха хуищIащ Кавказ Ищхъэрэм зегъэужьынымкIэ къэрал программэр гъэзэщIэным икIи жиIащ щIыналъэхэм я инвестицэ щытыкIэр егъэфIэкIуэным, бизнесым, абы хиубыдэу туризмэм и IэнатIэми зегъэужьынымкIэ Iэмалхэр къызэгъэпэщын, апхуэдэу щIыналъэхэм я бюджетхэр дотацэхэм зэрелъытар къэгъэтIэсхъэн зэрыхуейр. Премьерым къызэрилъытэмкIэ, апхуэдэу унафэщIхэм я нэIэ трагъэтын хуейщ узыншагъэр хъумэным и IэнатIэм, абы хиубыдэу медицинэм и лэжьакIуэхэм я улахуэм хэгъэхъуэнымрэ медицинэ Iуэхутхьэбзэхэр егъэфIэкIуэнымрэ.
ЗэIущIэм къыщыщыпсалъэм КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен жиIащ Урысей Федерацэм и Президентым илъэс кIуам и накъыгъэ мазэм къыдигъэкIа указхэр гъэзэщIэным Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал властым и органхэм зэкIэлъыкIуэу зэрелэжьыр. КъБР-м къыщызэрагъэпэщащ а указхэмрэ къэралым и Iэтащхьэм и адрей унафэхэмрэ гъэзэщIа зэрыхъум кIэлъыплъ комиссэ щхьэхуэ.
«Зэман кIыхьым теухуауэ къэралым иригъэкIуэкI экономикэ политикэм и IуэхукIэ» УФ-м и Президентым и Указыр зэрагъэзэщIэнум и фIыгъэкIэ КъБР-м 2020 гъэм ирихьэлIэу лэжьапIэ IэнатIэщIэу мин 30-м нэблагъэ къыщызэрагъэпэщынущ, экономикэм къыхалъхьэ инвестицэхэр 2018 гъэм ирихьэлIэу хуэдэ 1,7-рэ нэхърэ мынэхъ мащIэкIэ хагъэхъуэнущ, 2011 гъэм елъытауэ валовэ щIыналъэ продуктыр 2018 гъэм хуэдитIым щIигъукIэ нэхъыбэ хъунущ, а зэман дыдэм къриубыдэу лэжьыгъэм къыпэкIуэ хъерри апхуэдиз дыдэкIэ хагъэхъуэнущ.
Къанокъуэ Арсен апхуэдэу къызэхуэсахэр щыгъуазэ ищIащ бюджетым и хэхъуэхэр нэхъыбэ щIыным, дотацэхэр гъэмэщIэным хуэгъэзауэ республикэм щекIуэкI лэжьыгъэм. Къапщтэмэ, 2012 гъэм и бюджетым щыщу дотацэхэр процент 49,9-рэ хъуауэ аращ, нэгъуэщIу жыпIэмэ 2005 гъэ лъандэрэ федеральнэ дэIэпыкъуныгъэр процент 15-кIэ ягъэмэщIащ. «Дэ бюджетым и хэщI псори куууэ зэпэтлъытащ, къыщыдэбгъахуэ хъуну щыIэхэр дощIэ, абы къыхэкIыу, сызэреплъымкIэ, УФ-м и Президентым нэгъабэ и накъыгъэ мазэм къыдигъэкIа указхэм япкъ иткIэ дыубзыхуа псори дгъэзэщIэнущ», — жиIащ КъБР-м и Iэтащхьэм.
ЗэIущIэм къыщыхагъэщащ сабий садхэм я бжыгъэр нэхъыбэ щIын и лъэныкъуэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым зыхуигъэувыжа къалэнхэр тэмэму зэригъэзащIэр. ИужькIэ журналистхэм щахуэзами Къанокъуэ Арсен къытригъэзэжри жиIащ КъБР-м и район, къалэ псоми зи школ кIуэгъуэ мыхъуахэр зэкIуалIэ IуэхущIапIэхэр зэпэубыдауэ щымытынымкIэ Iуэху пыухыкIахэр зэрагъэзащIэр. «Дэ абы зэпымыууэ дыкIэлъоплъ. Зи школ кIуэгъуэ мыхъуахэр гъэсэнымкIэ Iуэху зэмылIэужьыгъуэхэр зэпыдолъыт. Апхуэдэ бгъэдыхьэкIэм зэIущIэм пщIэ зэрыщыхуащIар ди гуапэ хъуащ», — къыхигъэщхьэхукIащ КъБР-м и Iэтащхьэм.
АдэкIэ Къанокъуэ Арсен журналистхэр щыгъуазэ ищIащ бюджет IэнатIэм хиубыдэ IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэ гуп щхьэхуэхэм я улахуэхэр 2018 гъэм нэсыху къызэраIэтыну щIыкIэр зэраубзыхуар, абы ипкъ иткIэ языныкъуэ гупхэм я лэжьапщIэр республикэм ику иту щатым хуэдиз, дохутырхэм ейр абы нэхърэ хуэдитIкIэ нэхъыбэ ящIыну зэрамурадыр.
Къэбэрдей-Балъкъэрым апхуэдэу къэрал шэсыпIэр къыщагъэсэбэпурэ инвестицэ проектхэр щагъэзащIэ. Ведомствэхэм зэдай инвестицэ комиссэм иригъэкIуэкIа зэIущIэм 2013 гъэм УФ-м и къэрал шэсыпIэхэм тету ахъшэ зыхуаутIыпщынухэм щыхагъэхуащ КъБР-м и инвестицэ проекту тIу — «Этана» ООО-мрэ «Юг-Агро» ООО-мрэ.
КъБР-м и Iэтащхьэмрэ
Правительствэмрэ я
пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "30901.txt"
} |
Зы Iуэхущ тщIэр
УФ-м и Правительствэм и УнафэщI Медведев Дмитрий «Мэшыкъуэ-2013» щIалэгъуалэ зэхыхьэм щыкIуам КъБР-м щыщ граффист Къудей Астемыр и лэжьыгъэхэм еплъащ.
Урысей Федерацэм и Премьер-министрым сурэт ещI.
Зэхыхьэм «Зэкъуэтыныгъэ» сурэтым зыщригъэуфэбгъуну жэрдэм ищIащ Астемыр. «Апхуэдэ мурадыр си щхьэм къихьащ Урысейм и бэракъыр щызэпэсплъыхьым. Абы плъыфищ иIэщ, ауэ хужьыр иджыри плъыфиблу зэхэбгъэувэ хъунущ. АбыкIэ къэзгъэлъэгъуэну сызыхуейр, ди бэракъхэм я фэр зэмыщхьми, дэ дызэрызэкъуэтырщ. Къетхьэжьа Iуэхур къыддаIыгъащ Абхъазым, Осетие Ищхъэрэ-Аланием, Ставрополь крайм къикIахэм. Дэ псоми футболкэ плъыфэ зэмыщхь тщыгъщ, дыщызэIущIам, дауи, дызэрыцIыхуртэкъым, ауэ зы Iуэху зэдэтщIэну иужь дызэрихьам хуабжьу зэгъунэгъу дищIащ», — жиIащ Астемыр.
Апхуэдэ Iуэху дахэм иужь ит щIалэгъуалэм яхыхьащ Медведеври, Урысейм и лъэпкъхэр зэкъуэзыгъэувэ сурэтым гу лъитэри, Къудейм зыхуигъэзащ езыми и зы хъэтI а творчествэм къыхинэну.
КъБР-м и Правительствэм и Iэтащхьэм зэхыхьэм и хэш-тегыр тритхэри, графикэ сурэт зыбжани щIигъужащ.
Ныбэжь Таисэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "30904.txt"
} |
Медведев Дмитрий псори дегъэгушхуэ
Мэшыкъуэ щекIуэкI щIалэгъуалэ зэхыхьэр махуэ къэс нэхъ щIэщыгъуэ хъуурэ мэхъу. ШыщхьэуIум и 19-м ди хьэщIащ Урысей Федерацэм и Правительствэм и УнафэщI Медведев Дмитрий, УФ-м и Президентым и лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ Федеральнэ щIыналъэм щыIэ Хлопонин Александр, УФ-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Ливанов Дмитрий, Ставрополь крайм щIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ и комитетым и Iэтащхьэ Шатская Иринэ, Кавказ Ищхъэрэ Федеральнэ университетым и ректор Ливитская Алинэ, УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Казаковэ Ольгэ сымэ, нэгъуэщIхэри. Абыхэм зыщагъэгъуэзащ щIалэгъуалэм я жэрдэмымрэ Iуэхухэмрэ зыхуэдэм, ныбжьыщIэхэр зыгъэгушхуэн куэди зыхрагъэхащ.
«Адыгэ псалъэ» газетым и корреспондент Щомахуэ Залинэ Медведев Дмитрий иригъэкIуэкI зэIущIэм хэтщ.
ХьэщIэ лъапIэхэм щIалэгъуалэ лагерым зыщрагъэплъыхьащ, Мэшыкъуэ щызэхуэсахэм я псэукIэр зрагъэлъэгъуащ. УФ-м и Правительствэм и УнафэщIыр IэгуауэшхуэкIэ кърагъэблэгъащ щIалэгъуалэ нэжэгужэм. Абы жиIащ форумыр къэзыгупсысахэм, ар зэфIэзыгъэувахэм ящыщ зыуэ щыт пэтми, щIалэгъуалэм я Iуэху зытетыр зригъэщIэну, и нэкIэ зригъэлъагъуныр нэхъ къищтэу къазэрыхыхьар.
— Нобэ псэлъэнур фэращ. Сэ ныбжьыщIэхэм сынывэдэIуэну сыкъэкIуауэ аращ, — захуигъэзащ Медведевым щIалэгъуалэм.
УпщIэхэр куэд хъурт, ауэ нэхъыбэр зыгъэпIейтейр езыхэр зыщыщ щIыналъэм зегъэужьа зэрыхъуну щIыкIэрт.
Абхъаз Республикэм къикIа хьэщIэхэм ящыщ щIалэм къэрал унафэщIхэм фIыщIэшхуэ яхуищIащ Щхьэхуитыныгъэм Апсныр щыщIэбэн зэманым Урысейр зэрадэIэпыкъуам папщIэ. ЩIалэр щIэупщIат дяпэкIэ къэралитIыр зэрызэдэлэжьэнуми, Медведевым жиIащ лъэныкъуэ куэдкIэ Iуэху зэдащIэну зэрамурадыр.
Кхъухьлъатэхэм щIат пщIэр зэрыиныр цIыхухэр зэкIэлъыкIуэным зэран зэрыхуэхъур и жагъуэ хъууэ жызыIа щIалэщIэм Медведев Дмитрий жриIащ зи ныбжь хэкIуэтахэмрэ илъэс 23-м нэмыса щIалэгъуалэмрэ гъуэгум техуэ уасэм и ныкъуэм фIэкIа ирамыту зыубзыху хабзэ къащтэныр зэрыфIэтэмэмыр.
Къэрэшей-Шэрджэсым сабий садхэр къызэремэщIэкIым иригузавэ пщащэм и упщIэм жэуап щритым, премьерым къыхигъэщащ Урысей псом сабий мин 550-м гъэсапIэхэр къазэрылъымысыр. «Ди мурадщ зэман кIэщIым къриубыдэу а Iуэхур дгъэзэкIуэжыну», — фIэщхъуныгъэ хэлъу жиIащ Медведевым.
Зыуэ щыт къэрал экзаменым и фIымрэ и Iеймрэ зэпкърахын щыщIадзэм, Правительствэм и УнафэщIым жиIащ школыр къэзыух ныбжьыщIэхэм я щIэныгъэр къызэрапщытэ щIыкIэм куэд хуэхъущIэми, абы и фIагъыр нэхъыбэу къызэрилъытэр.
ЩIалэгъуалэм УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым хуаIэ упщIэр гъунэжт, ауэ, Медведевым зэманыр къызэремэщIэкIым къыхэкIыу, куэдрэ зиIэжьэ хъуакъым.
ЗэIущIэм и кIэухым абы кърихьэлIа псоми сурэт зытрагъэхащ.
Щомахуэ Залинэ.
Налшык — Псыхуабэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "30907.txt"
} |
Гузэвэгъуэ хэхуа ди къуэшхэм дадэвгъэIэпыкъу!
Сирие Хьэрып Республикэм щекIуэкI зауэм и зэран зэкIа ди лъэпкъэгъухэм защIэгъэкъуэн мурадкIэ, Урысей Сбербанкым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэ №8631-м счет хэха къыщызэIуахащ. Ди къуэш- шыпхъухэм ядэIэпыкъуну хуей дэтхэнэми мы счетым ахъшэ хилъхьэ хъунущ:
ИНН 0711040610/ КПП 072101001
Расчетный счет 40703810060330000227
БИК 040702660
Корсчет 30101810600000000660
Кабардино-Балкарское ОСБ №8631, г. Нальчик, ул. Пушкина/Кешокова, 33а/72
Адыгэ псори фыкъыхудоджэ: IуэхуфI влэжьыным фепIэщIэкI! Фи дэтхэнэ сомри иджыпсту дэхуэха ди лъэпкъэгъухэм сэбэп зэрахуэхъунум шэч къытевмыхьэ. Абыхэм дазэрыкъуэувэным, зэрызащIэдгъэкъуэным Iэмалу щыIэр къыхуэдвгъэгъэсэбэп! Ди нэхъыжьыфIхэм купщIэшхуэ халъхьащ «Узэкъуэтмэ - улъэщщ!» псалъэхэм.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "30912.txt"
} |
ЦIыкIухэр дэзыхьэхын защIэщ
НыбжьыщIэхэм я «Нур» журналым и зи чэзу ебланэ къыдэкIыгъуэр дунейм къытехьащ.
Ар къызэIуех усакIуэ Тхьэзэплъ Хьэсэн и ныбжьыр илъэс 70 зэрырикъуамкIэ зэрехъуэхъу тхыгъэрэ абы цIыкIухэм папщIэ итха усэ гупкIэ.
«ТхьэкIумэкIыхьым и тхьэкIумэр кIыхь зэрыхъуар» манси таурыхъыр адыгэбзэкIэ Хьэту Петр зэридзэкIауэ тетщ мы къыдэкIыгъуэм. АдэкIэ фыкъыщеджэнщ Тыркум щыщ Тхьэзэплъ Фозий къиIуэтэжу Уэрэзей Афлик итхыжа «Анэдэлъхубзэ» хъыбарым. Ар зытеухуар и лъэпкъэгъу здэщымыIэ, адыгэбзэкIэ зыри щымыпсалъэ тырку унагъуэм къыщыхута цIыхубзым, и анэдэлъхубзэр щымыгъупщэжын щхьэкIэ махуэ къэс гъуджэм бгъэдэувэурэ и анэдэлъхубзэмкIэ зэпсэлъэжурэ, и бзэр IэщIэмыгъупщыкIыу зэрихъумэжыфарщ.
«ЩIэблэ» Iыхьэм традзащ фIыуэ еджэ, гъуазджэм дихьэх ныбжьыщIэ цIыкIухэм я сурэтхэр.
АдэкIэ ТекIужь Заретэ и тхыгъэм щыгъуазэ фищIынщ илъэс 25-кIэ узэIэбэкIыжмэ къызэрагъэпэща «Кавказ пшэплъхэр» сабий къэфакIуэ гупым и IуэхущIафэхэм.
УсакIуэ Къантемыр Тыркубий цIыкIухэм папщIэ итха усэхэм фыкъыщеджэнщ къыкIэлъыкIуэ напэкIуэцIым.
Жылэтэж Сэлэдин итха «Бжьэхэр» псысэр зытеухуар мэз кIуа Къэнэмэт дадэ цIыхум и узыфэхэр зыгъэхъуж, ар нэхъ щIалэ къэзыщIыж псы къызэрыж жыг зэрымыщIэкIэ къызэригъуэтар, абы езыри и щхьэгъусэ фызыжьри ефэурэ тIури щIалэ зэрыхъужар, адэкIэ лIыжь-фызыжьым я Iуэху зыхуэкIуар аращ.
«Жаншэрхъ» Iыхьэм тетщ ныбжьыщIэхэм я «Спартак-Налшык» футбол командэм и ехъулIэныгъэхэм, Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и тренер Бубукин Валентин и фэеплъ V дунейпсо сабий-ныбжьыщIэ футбол зэхьэзэхуэу Сочэ къалэм щекIуэкIам ар псоми зэрыщатекIуам, Налшык Сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ я творчествэмкIэ я республикэ унэм тхэквондомкIэ, каратэмкIэ, IэпщэрыбанэмкIэ, нэгъуэщI бэнэкIэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIи зыщызыгъасэ ныбжьыщIэхэм ятеухуауэ Жыласэ заур итхахэр.
Мы къыдэкIыгъуэм тет псалъэзэблэдзыр зытеухуар адыгэ таурыхъхэрщ.
«Адыгэ фащэм сабийр егъэдахэ» псалъащхьэм щIэту къытрадзащ ди лъэпкъ щыгъыныгъуэ екIухэмкIэ хуэпа ныбжьыщIэхэм я сурэтхэр.
Абзуан Пщымахуэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "30914.txt"
} |
Зы лъэпкъ, зы бзэ, зы хабзэ, зы дуней
Налшык щыIэ «Къурш псынэ» зыгъэпсэхупIэм щохьэ-щIэ Тыркум, Ставрополь куейм, Мейкъуапэ къикIа ди лъэпкъэгъу ныбжьыщIэ гупышхуэ. ХьэщIэ цIыкIухэр ди республикэм зэрыщыIэну махуэхэр нэгузыужьу, гукъинэу екIуэкIын папщIэ, абы и къызэгъэпэщакIуэхэм ялъэкI къагъанэркъым. Гупхэм я унафэщIхэм зэрыжаIэмкIэ, ныбжьыщIэхэм ди щIыпIэм къызэрихьэрэ ялъагъу псори яфIэгъэщIэгъуэнщ, мыбы зэрыщыIэну зэманым и дэтхэнэ дакъикъэри купщIэ иIэу зэрагъэкIуэным хущIокъу.
Тыркумрэ Мэздэгу къикIа адыгэ сабийхэмрэ абыхэм я гъэсакIуэхэмрэ.
КъБР-м и щIыпIэ нэхъ дахэхэм ящыщу хьэщIэхэм япэу я нэгу зыщрагъэужьыну къыхахар Гуэл ЩхъуантIэхэрати, автобусхэм зрагуашэри ежьащ. Сэ нэхъыбэу си нэIэ зытетыр Тыркум къикIа сабийхэрати, сакIэлъыплъырт абыхэм ялъагъухэр къазэрыщыхъум, я упщIэхэр зытеухуахэри сфIэгъэщIэгъуэнт. Гъуэгум псэлъэгъу къыщысхуэхъуа, гупым я унафэщIхэу Тхьэкъуахъуэ Дамиррэ Къардэн Асымрэ зэрыжаIамкIэ, илъэситху хъуауэ ди деж къашэ ныбжьыщIэхэри, «иджыри къытедгъэзэнущ» жаIэу мэкIуэж, я нэгу щIэкIар апхуэдизкIэ я гум дохьэри. Япэу сигу къэкIащ «Адыгэбзэ ящIэрэ?» упщIэр. КъызэрыщIэкIамкIэ, гупым ящыщу зыри я анэдэлъхубзэмкIэ псалъэркъым, цIыхуитI-щым къагуроIуэ.
— Ди жагъуэ зэрыхъунщи, къалэм дэтIысхьа унагъуэхэм я сабийхэм нэхъыбэм ди бзэр яIэщIоху, тыркубзэщ зэрызэпсалъэр. Илъэс зыбжанэ и пэкIэ хуитыныгъэ дгъуэтащ школхэм адыгэбзэр щедгъэджыну. Анкара къалэр къапщтэмэ, зэкIэ школитIщ щыIэр адыгэбзэр щаджу. Апхуэдэхэр зэрымащIэм и щхьэусыгъуэу къэплъытэ хъунущ нэхъапэхэм тыркубзэкIэ фIэкIа я анэдэлъхубзэкIэ псэлъэну хуимыту къызэрекIуэкIар. Абы къыхэкIыу, адэ-анэхэм я гум иджыри шынагъэ гуэр илъу щытщ. Дыщогугъ абыхэм я гупсысэкIэм зихъуэжу, а Iуэхум зэман кIэщIкIэ зызэрихъуэкIыну икIи адыгэбзэр зыдж гупхэр нэхъыбэ хъуну, — жиIащ Тхьэкъуахъуэ Дамир.
Гъуэгум дызыщрихьэлIэ адыгэ къуажэхэм зэреджэм цIыкIухэр щIэупщIэурэ зэрагъащIэрт. Мэздэгу, Серноводскэ къикIа ныбжьыщIэхэм адыгэбзэр фIыуэ ящIэрти, абыхэм Iэпэтэрмэшри къыщыхагъэхьэ щыIэу, ядэуэршэрырт ныбжьэгъу яхуэхъуа я лъэпкъэгъухэм.
— Хэкум къэтшахэм я адэ-анэхэм мащIэщ яхэтыр Кавказыр ялъэгъуауэ, — жеIэ Къардэн Асым. — Езыхэм я хъуэпсапIэр я бынхэм къайхъулIащ, ари насыпщ абыхэм я дежкIэ. ФIыщIэ ин яхудощI мы программэм и къызэгъэпэщакIуэхэм. «Бланэ щалъху йокIуэлIэж», — жыхуаIэращи, хэт ищIэрэ, мы цIыкIухэми къахэкIынкIэ хъунущ зи хэку къэзыгъэзэжын.
Гуэл ЩхъуантIэхэм я дахагъым, хьэлэмэтагъым дихьэха цIыкIухэм къытрагъэзэжурэ и хъуреягъыр къакIухьурэ сурэтхэр трахащ. Шэджагъуашхэ нэужьым адыгэ джэгу зэхаублэри, пщащэ цIыкIухэмрэ щIалэхэмрэ я зэфIэкIыр утыкум къыщагъэлъэгъуащ. Тыркум къикIахэр Iэзэу къызэрыфэр гъэщIэгъуэн зэрысщыхъуам гу щылъитэм, Дамир жиIащ ныбжьыщIэхэм я нэхъыбэм адыгэ къафэ гупхэм зэрызыщагъасэр. Илъэс 15 зи ныбжь Алокъуэ Альбинэ Анкара щыщщ. Школыр къиухмэ, дохутыр IэщIагъэм хуеджэну и мурадщ. «Налшык ущеджэну ухуейкъэ?» — жысIэу сыщеупщIым, пыгуфIыкIащ. «Си нэхъыжьхэм къысхуадэмэ, ар нэхъ къэсщтэнт», — жиIащ. Альбинэрэ и ныбжьэгъу цIыкIухэмрэ адыгэбзэм зэрыримыпсэлъэфым тIэкIу Iэнкун ещI, ауэ Мэздэгу, Мэлгъэбэг къалэхэм, Серноводскэ къуажэм къикIа цIыкIухэм я фIыгъэкIэ кIуэ пэтми нэхъ нэжэгужэ къохъу.
КъыкIэлъыкIуэ махуэм ди лъэпкъэгъу цIыкIухэм я нэгу зыщрагъэужьащ Налшык ХьэтIохъущокъуэм и хадэм, зоопаркым ис псэущхьэхэр зрагъэлъэгъуащ, «Сосрыкъуэ» рестораныр зытет Iуащхьэм дэкIащ. Абдежым, я гъэсакIуэхэр къадэIэпыкъуурэ, ныбжьыщIэхэм ягу къагъэкIыжащ адыгэ IуэрыIуатэм щыщ хъыбархэр, къалэм и Iэгъуэблагъэхэр хуиту къызэхаплъыхьри къагъэзэжащ.
Ди щIыпIэм зэрыщыIэнур мащIэми, а зэманыр ныбжьыщIэ цIыкIухэм нэхъ гъэщIэгъуэну ягъэкIуэным я щIэныгъэ, зэфIэкI, гуапагъэ халъхьэ абыхэм ядэлажьэ, КъБКъУ-м и адыгэбзэ къудамэр иджыблагъэ къэзыухахэу Зэгъэщтокъуэ Зурьянэ, Ташу Оксанэ, ЦIагъуэ Маринэ сымэ. Абыхэм гу зэрылъатамкIэ, Мыкъуэжь Людмилэ адыгэбзэмкIэ ядригъэкIуэкI дерсхэм я ужькIэ ди лъэпкъэгъу цIыкIухэр адыгэбзэм нэхъ дехьэх, ар зрагъэщIэным нэхъ тогушхуэ.
КъБР-м ЦIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министерствэм и лэжьакIуэ, хьэщIэхэм зэпымыууэ ящIыгъу Жырыкъ ФатIимэ къызэрыджиIамкIэ, къыкIэлъыкIуэ махуэхэм абыхэм я нэгу зыщрагъэужьынущ Iуащхьэмахуэ лъапэм, Шэджэм псыкъелъэхэм, Лъэпкъ музейм и гъэлъэгъуэныгъэхэм еплъынущ, иужькIэ гуфIэгъуэ концеркIэ ирагъэжьэжынущ.
ЦIыхур я фэкIэ зэрызэмыщхьым хуэдэу, я гупсысэкIи зэхуэдэкъым. Зи гугъу сщIа ныбжьыщIэхэмрэ ди щIыпIэ сабийхэмрэ гупсысэкIэ зэхуэмыдэ яIэми, ахэр зэзышалIэ къарууэ яIэщ зы лъэпкъ, зы бзэ, зы хабзэ, зы дуней. ДэнэкIэ къыщыхъу ди щIэблэри къызыхэкIа лъэпкъым и тхыдэр ящIэрэ я бзэр яIэщIэмыхуу, хабзэ яхэлъу къыдэкIуэтеймэ, лъэпкъ лъэщым и нэщэнэр аращ. Хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэмрэ хэкум исхэмрэ я зэпыщIэныгъэр егъэфIэкIуэным хуэунэтIа программэу КъБР-м и Правительствэм къищтар гъэзэщIа зэрыхъум щыхьэт техъуэ Iуэхугъуэхэр нобэкIэ нэрылъагъущ.
ЩОДЖЭН Iэминат,
Къэбэрдей Адыгэ Хасэм
и тхьэмадэм и къуэдзэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "30917.txt"
} |
Пощтзехьэ емызэш
ЦIыхухэр зэрызэрыщIэ Iэмалхэм псынщIэу заужьми, газетхэмрэ журналхэмрэ къезыгъэхьхэр, уеблэмэ, къызэрыгуэкI письмохэр нэхъ къэзыщтэхэр иджыри мащIэкъым. Абы къыхэкIыу, пощтзехьэ IэщIагъэм ноби щIэупщIэшхуэ иIэщ.
ИпэжыпIэкIэ ар лэжьыгъэ гугъущ, щыуэфIи щыуэлбани, щыщIыIи щыхуаби унагъуэхэм ялъэIэсын — газетхэр, журналхэр, пенсэхэр и чэзум яIэригъэхьэн — хуейщ.
А къалэн мытыншыр дагъуэншэу езыхьэкIхэм ящыщщ Къулъкъужын Ищхъэрэ къуажэм и пощтзехьэ гумызагъэ Гъубжокъуэ ФатIимэт. Лэжьэгъуэ махуэхэм жылэр лъэсу зэщIегъэхьэ, пощтым къыпэплъэхэр арэзы ищIу, и IэкIэ яретыж. Къуажэдэсхэм зэрыжаIэмкIэ, а псом ФатIимэт и пщIэм хегъахъуэ, и лэжьыгъэр щегъэпсынщIэ, хэмыкIуэдыкIIауэ газетхэмрэ журналхэмрэ зейм зэрылъигъэIэсыжым гукъыдэж кърет.
Гъубжокъуэр цIыхухэм жыджэру ядолажьэ, Iэ тезыдзэну хуейхэм ядоIэпыкъу, я тхылъхэр яхузэрегъэпэщ. Псом хуэмыдэу гулъытэ хэха яхуещI «Адыгэ псалъэ» газетыр къезыгъэхьхэм. Ар икIи гурыIуэгъуэщ — дыщыадыгэкIэ, ди бзэкIэ къыдэкI газетыр унагъуэм къихьэн хуейщ.
ПщыхьэщIэ Хьэмзэт.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "30920.txt"
} |
Дунейпсо чемпионатым зыхуагъэхьэзыр
Шэджэм районым олимп резервхэмкIэ и сабий-ныбжьыщIэ спорт школым и гъэсэнхэу Мэзыхьэ Астемыррэ Бакъ Алимрэ бэнэкIэ хуитымкIэ дунейпсо чемпионатым зыхуагъэхьэзырын щIадзащ Урысейм и командэ къыхэхам хэту.
— Мы гъэм и фокIадэм абыхэм республикэмрэ къэралымрэ я щIыхьыр Венгрием и къалащхьэ Будапешт щахъумэну къапэщытщ, — жеIэ спортсменхэм я тренер, КъБР-м физическэ щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къуэныкъуей Замир.
БэнакIуэхэр зыгъасэр арэзыщ и нэIэм щIэтхэм я Iуэхур зэрекIуэкIымкIэ, спортсменхэм зэхьэзэхуэхэм ехъулIэныгъэфI къызэрыщагъэлъэгъуэфынур и фIэщ мэхъу.
КIарэ Элинэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "30922.txt"
} |
Урысейм и ахъшэм къыпэплъэр сыт?
1998 гъэм шыщхьэуIум и 17-м урысей правительствэм жиIащ къэрал облигацэхэм пэкIуэ ахъшэр зэримытыжыфыр. Къэралыр дефолт щытыкIэм йохуэ телъ щIыхуэр щимыпшыныжыфым деж.
Абы щыгъуэ къэхъуар ди цIыхухэм я нэхъыбэм ящIэж. Мазэ зыбжанэм къриубыдэу сомыр долларым елъытауэ хуэдищым щIигъукIэ къехуэхащ, банк ухуэкIэр къызэтещэхащ, предприятэ куэд увыIащ. ЦIыхухэм яфIэкIуэдащ я гъэтIылъыгъэхэмрэ лэжьапщIэхэмрэ я нэхъыбэр…
Мы зэманым дефолтым аргуэру куэдрэ тепсэлъыхь зэрыхъуам къыхэкIыу, мурад тщIащ дефолтыр къытхуэзыша 1998 гъэм щыIа щытыкIэмрэ иджы Iуэхухэр зэрыщытымрэ зэдгъэпщэну. НэгъуэщIу жыпIэмэ, ахэр зэрызэщхьэщыкIыр къэдгъуэтыну.
Дыкъызэригъэгугъамрэ къызэрыщIэкIамрэ
1998 гъэ. — Сомыр пуд хъунукъым — девальвацэ щыIэнукъым. Ар шэч гуэри къызытумыхьэнщ. Сэ жысIэр уафэм къесхьэхакъым. Ар тещIыхьащ псори зэрызэпэтлъытам. Дэ зэпымыууэ дыкIэлъоплъ Iуэхур зыхуэдэм. Ар ди нэIэм щIэкIынукъым,- жиIащ Урысейм и Президент Ельцин Борис 1998 гъэм шыщхьэуIум и 14-м «Интерфакс» агентствэм и лэжьакIуэм щепсалъэм.
А псалъэхэр тхыдэм хыхьащ икIи цIыхухэм зэи ящымыгъупщэжыну ягу къинащ: махуитI нэхъ дэмыкIыу псоми къыщIидзащ…
2013 гъэ. Иужьрей мазэм дэ нэхъыбэрэ дытрагъэу хъуащ «сомыр пуд хъухукIэ шынагъуэ гуэри щымыIэу» къыджаIэурэ. Ауэ цIыхухэм ар я фIэщ хъущэркъым. Пэжщ, дефолтым теухуа хъыбарыр иджырей гъэмахуэм къызыхэкIар нэгъуэщI Iуэхущ. ЦIыхухэмрэ инвесторхэмрэ къызэщIэзыIэтар фи-нансхэмкIэ министр Силуанов Антонщ. Абы жиIащ сомым и «къарум» хамыгъэхъуэн папщIэ, министерствэм валютэ къищэхуну зэримурадыр. — Сомыр лъапIэным и фейдэ хэлъкъым хэхъуэхэр валютэкIэ зыIэрыхьэ къэрал бюджетым. Дефолтым и гугъу ищIакъым. Силуановым зытрищIыхьар долларымрэ еврэмрэ зы сом — сомитIкIэ дэкIуеинырщ. АрщхьэкIэ 1998 гъэм и ужькIэ хэт къулыкъущIэм и псалъэхэр зи фIэщ хъунур?
Сом лъапIэ дыхуейщ!
1998 гъэ. Абы щыгъуэм урысей унафэщIхэм я къару псори ирахьэлIат инфляцэр ираудыхыу сомыр ягъэбыдэным. Ауэ абы щхьэкIэ Iэмал гуэри щыIэтэкъым: бюджетыр ягъэбелджылырт, ахъшэшхуэ дыдэ хущыщIэу. ХэщIхэр ягъэмащIэу идэртэкъым Къэрал Думэм. Совет зэман лъандэрэ зызымыужьа промышленностым къит щыIэтэкъым. Арати, улахуэхэр мафIэдзкIэ, хьэкъущыкъукIэ, нэгъуэщIкIэ яту хуежьащ. Ауэ зы долларыр зи уасэр соми 6-т.
Телъыджэ къэхъуакъым. ШыщхьэуIум и 17-м сомыр ипэжыпIэкIэ «яутIыпщащ». Махуэ зыбжанэ нэхъ дэмыкIыу ар пуд дыдэ хъуащ.
2013 гъэ. Иджырей Правительствэри хущIокъу инфляцэр ириудыхыну, сомыр игъэбыдэну. АрщхьэкIэ ерыщагъышхуэ хэлъу пхужыIэнукъым. Сомыр къызэрехынум теухуауэ Силуановым жиIахэр абы щыхьэт тохъуэ. Къулейсызыгъэ къыкъуэкIмэ, ящIэнкIэ хъунур къигъэлъэгъуащ 2008 гъэм. Абы щыгъуэм девальвацэр хуэм-хуэмурэ ирагъэкIуэкIащ: 2008 гъэм бадзэуэгъуэм и 16-м щIидзэри, 2009 гъэм мазаем и 19-м нэсыху долларым и уасэр сом 23,12-м икIри сом 36, 43-м нэс дэкIуеящ.
Девальвацэ зизымычри щIагъуэкъым, арщхьэкIэ, дефолтым хуэмыдэу, уи ахъшэр ущыхуей дыдэм и деж къыхэпхыж хъурт сыт хуэдэ банкми.
ГъэтIылъыгъэхэмрэ щIыхуэхэмрэ
1998 гъэ. Урысейм гъэтIылъыгъэхэр иIэтэкъым, нэгъуэщI къэралхэм я щIыхуэшхуэ дыдэ телът. ОблигацэмкIэ итыжын хуейхэри хэту, къэрал кIуэцIми щIыхуэшхуэ къыщытехуат. Совет промышленностыр иджыри къызэтенат, ауэ къарууншэ дыдэ хъуат — ВВП-р африкан къэрал лъэрымыхьхэм ейхэм хуэдэу цIыкIу дыдэт. Иджырей Алыджым ещхьу, Урысейр зэрыпсэур дунейпсо финанс зэгухьэныгъэхэм кърат ахъшэрт. Иужьрей щIыхуэр МВФ-м къритащ шыщхьэуIум и 17-р къэсыным махуэ бжыгъэ фIэкIа имыIэжу. Сэбэп къыхуэхъуакъым…
2013 гъэ. Иджырей дыщэ валютэ гъэтIылъыгъэхэмкIэ япшыныжыфынущ Уры- сейм телъ щIыхуэ псори — къэрал щIыбми къэрал кIуэцIми щиIэр. Резерв фонди диIэщ. ВВП-м и инагъымкIэ Урысейр яхохьэ къэрал нэхъ лъэщу пщIым. НэгъуэщIкIи къыщхьэщокI: 1998 гъэм щIыдагъэр хуэдитху хуэдизкIэ нэхъ пудт. Дауи, ар нэхъ пуд хъухукIэ, Резерв фондыр къаIэщIэухэнкIэ хъунущ. Мы гъэм ВВП-м зиIэтыркъым. Ауэ 1998 гъэм къэхъуам къигъэзэжынукъым.
Абы щыгъуэ бэлыхь хэхуар Урысейм и закъуэт, иджы псори гугъу йохь
1998 гъэ. Абы щыгъуэм апхуэдэ къызыщыщIар Урысейм и закъуэт. Азием и фонд рынокри гугъуехь хэтт, щIыдагъэм и уасэр зэрехуэхам къыхэкIыу. Ауэ Урысейм къыщыхъуам хуэдэ абыхэм ялъэгъуакъым.
2013 гъэ. Иджы дуней псор кризисым хэтщ. Къэрал куэдым облигацэхэр Iуащхьэу зэтракIутащ. США-м къэрал облигацэхэр къыщызэтещахэмэ, долларри еврэри ехуэхынущ: Мис итIанэ дэри къытлъэIэсу, дуней псом Iуэхухэр щызэIыхьэнущ.
Сыт щIэн хуейр?
1998 гъэ. Абы щыгъуэм щIэн хуейр къызэрыгуэкIт икIи гурыIуэгъуэт: и чэзум зи сомхэр изыгъэкIыу доллар къэзыщэхуахэр унащ.
2013 гъэ. Иджы апхуэдэу щытыжкъым. IэщIагъэлIхэм жаIэ: дэнэ лъэныкъуэкIи «къыщыгуэункIэ» хъунущ. Хэбгъэзыхьмэ, дыщэми ущымыгугъыщэмэ нэхъыфIщ. ПIалъэ кIыхькIэ ар лъапIэ дыдэу щытащ, ауэ иджы нэхъ пуд хъужу хуежьащ.
IэщIагъэлIхэм я Iуэху еплъыкIэр мыбыкIэ зэтохуэ: зэман гъунэгъум сомыр ехынущ хуэм-хуэмурэ (бжьыхьэр къэсыху). АдэкIэ къэхъунур зыми къыбжиIэфынукъым. Сомыр дэкIуей-къехыжу щытыну къыщIэкIынущ. Абы къыхэкIыу IэщIагъэлIхэм иужь илъэсхэм дужэгъуа чэнджэщыр къыдат: ахъшэ гъэтIылъыгъэхэр Iыхьищу-сому, доллару, еврэу вгуэш. Зыр ехуэхмэ, адрейр дэкIуеинущи, гъэтIылъыгъэхэм хэщIыныгъэшхуэ ягъуэтынукъым.
ЖытIэнщи, урысейхэм я процент 65-м нэблагъэм къалъытэ зэман гъунэгъум сомыр пуд хъуну.
Аракелян Еленэ.
«Комсомольская правда»
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "30924.txt"
} |
КъБР-м и ТВ-мрэ радиомрэ
КъБР-м и ТВ
Блыщхьэ, шыщхьэуIум и 26
7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр
11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ)
11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ)
14.30, 17.15, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр
18.30 «Дунейм гуапэу феплъ»
19.00 «ГеографиемкIэ дерсхэр»
Гъубж, шыщхьэуIум и 27
7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр
9.00 «Унагъуэ альбом»
11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ)
11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ)
14.30, 17.15, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр
18.30 «Зэманым и лъэужь»
19.00 «Нэхъыжьхэм я щIэин»
Бэрэжьей, шыщхьэуIум и 28
7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр
11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ)
11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ)
14.30, 17.15, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр
18.30 «ПцIы хэмылъу». Ток-шоу
19.00 «Жыгхэмрэ мывэхэмрэ яхэту»
Махуэку, шыщхьэуIум и 29
7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр
9.00 «Нобэ япщэфIхэр»
11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ)
11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ)
14.30, 17.15, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр
18.30 «Дыгъуасэ. Нобэ. Пщэдей»
19.00 «ПсэунымкIэ хуитыныгъэ»
Мэрем, шыщхьэуIум и 30
7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр.
11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ)
11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ)
14.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр
17.15 ЩIыпIэ зэман. Кавказ Ищхъэрэм щыхъыбархэр
18.30 «Вояж»
Щэбэт, шыщхьэуIум и 3
8.10, 11.10, 14.20 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр
10.05 «Нобэ япщэфIхэр»
10.35 «Уи дуней»
Тхьэмахуэ, фокIадэм и 1
10.20 ЩIыпIэ зэман. «Тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр»
14.20 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр
ВГТРК-м и радио
Блыщхьэ, шыщхьэуIум и 26
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ):
7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10
7.25 — 7.45 «Си щIалэгъуэм жаIэу щыта уэрэдхэр». Концерт.
7.45 — 8.00 Школ зыгъэпсэхугъуэ махуэхэм. Пушкин Александр. «Дыщэ адакъэ цIыкIум теухуа таурыхъ» (балъкъэрыбзэкIэ).
10.15 — 10.30 Литературэ къеджэныгъэхэр. IутIыж Борис. «ГъащIэмрэ уахътыншагъэмрэ я зэхуаку».
13.25 -14.00 «Iуэху куэд щызэфIагъэкI блыщхьэ».
16.25 — 16.33 МакъамэщIэхэр.
Гъубж, шыщхьэуIум и 27
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ):
7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10
7.25 — 7.45 «Уэрэдымрэ абы и тхыдэмрэ» (адыгэбзэкIэ).
7.45 — 8.00 «Усэхэр». Макитов Сэфар.
10.15 — 10.30 Таурыхъым таурыхъыр кIэлъыкIуэу. «ПцIыупс цIыкIу».
13.25 — 13.45 «Адэ». КIыщокъуэ Алим и поэмэм къытращIыкIа теплъэгъуэ.
13.45 — 14.00 «Ди макъ жьгъырухэр». Сабийхэм папщIэ концерт.
16.25 — 16.33 Зэгъусэу дыкъоджэ. Антуан де Сент-Экзюпери. «ЦIыхухэм я планетэ».
Бэрэжьей, шыщхьэуIум и 28
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ):
7.10 , 10.00, 13.10, 16. 00, 18.10
7.25 — 7.45 «Лъагъуныгъэр псынэм хуэдэщ». Къанкъул ФIыцIэ и усэхэм къытращIыкIа уэрэдхэр.
7.45 — 8.00 «ХъыбарIуатэм и пхъуантэ» (балъкъэрыбзэкIэ).
10.15 — 10.30 Зэгъусэу дыкъоджэ. Къуиикъуэ Налбий и усэхэр.
13.25 — 13.45 «Сабийхэм уэрэд жаIэ». Концерт.
13.45 — 14.00 Кучуков Магомед. «Гу загъэншэ».
16.25 — 16.33 Зэгъусэу дыкъоджэ. Антуан де Сент-Экзюпери. «ЦIыхухэм я планетэ».
Махуэку, шыщхьэуIум и 29
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ):
10.00, 13.10, 16.10, 18.10
7.10 — 8.00 «Жьырытэдж» (адыгэбзэкIэ).
10.15 — 10.30 «Зыхуейм къигъэсэбэп хъу микрофон». Ди радиом едаIуэхэм я творчествэр.
13.25 — 14.00 «Хьэплъыфэ микс».
16.25 — 16.33 Зэгъусэу дыкъоджэ. Антуан де Сент-Экзюпери. «ЦIыхухэм я планетэ».
Мэрем, шыщхьэуIум и 30
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ):
7.10 , 10.00, 13.10, 16.10, 18.10
7.25 — 8.00 «Жьырытэдж». Нэгузегъэужь нэтын.
10.15 — 10.30 И чэзу дыдэщ.
13.25 — 13.50 «Налшык си сабиигъуэм и къалэщ».
13.50 — 14.00 «Инджылызыбзэр Джэдгъэф Маринэ и гъусэу зыдогъащIэ».
16.25 — 16.33 Зэгъусэу дыкъоджэ. Антуан де Сент-Экзюпери. «ЦIыхухэм я планетэ».
Щэбэт, шыщхьэуIум и 31
10.10 — 11.00 «Кавказ пшэплъхэр».
12.10 — 12.25 «КъБР: махуэр махуэм кIэлъыкIуэу». ХъыбарыщIэхэр (адыгэбзэкIэ).
12.25 — 12.40 «КъБР: махуэр махуэм кIэлъыкIуэу». ХъыбарыщIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ).
12.40 — 13.00 Таурыхъым таурыхъыр кIэлъыкIуэу.
Тхьэмахуэ, фокIадэм и 1
10.10 — 10.25 «КъБР: махуэр махуэм кIэлъыкIуэу» ХъыбарыщIэхэр.
10.25 — 11.00 «Сыт щыгъуи гъагъэ, си республикэ». Концерт.
12.10 — 13.00 Театрыр микрофоным Iутщ. Шортэн Аскэрбий. «Яшэмрэ къэзышэхэмрэ».
1 КъБР
«Мир» канал
Блыщхьэ, шыщхьэуIум и 26
7.00 Мультфильм (6+)
7.20 «Iущыгъэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (6+)
7.40 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр»
8.15 «Кавказым хуэусахэр». Кинорежиссёр, тхакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ Вэрокъуэ Владимир (16+)
8.50 «Узэгугъур къогугъуж…» (адыгэбзэкIэ) (12+)
9.10 «49-нэ каналым и пощт» (12+)
18.00 Мультфильм (6+)
18.20 «Гум къикI уэрэд». КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Зеущэ Iэуес и бенефис. КIэух (адыгэбзэкIэ) (12+)
19.30 «Абы и дунейр». Этнограф Журтубаев Махъты (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
20.00 «Псори мэджэгу». ФутболымкIэ республикэпсо зэхьэзэхуэм къратыкI (12+)
20.20 «Жыг хадэхэр ирегъагъэ!» Телефильм (12+)
21.00 «Зы уэрэдым и хъыбар» (адыгэбзэкIэ) (12+)
21.20 «ЩIэныгъэм и гъуэгукIэ». Медицинэ щIэныгъэхэм я кандидат Хьэжы Бэллэ (адыгэбзэкIэ) (16+)
21.40 ХъыбарыщIэхэр
Гъубж, шыщхьэуIум и 27
7.00 Мультфильм (6+)
7.10 «Зэчийм и гъунапкъэхэр». Ахматовэ Эльвирэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
7.40 ХъыбарыщIэхэр
8.00 «Жылагъуэ Iуэху» (12+)
8.30 «ЛИК» («Литературэ, гъуазджэ, щэнхабзэ»). Тележурнал (12+)
9.10 «Хъуромэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (адыгэбзэкIэ)
9.30 «Жылагъуэ Iуэху» (адыгэбзэкIэ) (12+)
18.00 Мультфильм (6+)
18.20 РСФСР-м и цIыхубэ артист Ульбашев Мутай и фэеплъ пшыхь. ПэщIэдзэр
19.30 Мультфильм (6+)
19.35 «Сэ фIыуэ слъагъу уэрэд». Концерт (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
20.05 «Абхъазым щызэуахэм Апсным щагъэкIуа махуэ». Япэ Iыхьэ (12+)
20.40 «Лъэхъэнэр зэхуащIыж». Горький Максим и цIэр зезыхьэ урыс драмэ театрыр (12+)
21.10 «Гум имыхуж». УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ Сибэч Быхуэ (адыгэбзэкIэ) (12+)
21.40 ХъыбарыщIэхэр
Бэрэжьей, шыщхьэуIум и 28
7.00 Мультфильм (6+)
7.10 «Сэ фIыуэ слъагъу уэрэд». Концерт (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
7.40 ХъыбарыщIэхэр
8.00 «Ретроспектива». Кулиев Къайсын. «Си лъэужь». Телефильм (12+)
8.35 «Перспектива». «АЛБИР» мэкъумэш IуэхущIапIэр. Шэджэм къалэ (12+)
9.00 «Iуащхьэмахуэ дэкIахэр» (адыгэбзэкIэ) (12+)
9.30 «Узыншэу фыщыт». Тележурнал (адыгэбзэкIэ) (12+)
18.00 Мультфильм (6+)
18.20 РСФСР-м и цIыхубэ артист Ульбашев Мутай и фэеплъ пшыхь. КIэухыр
19.30 «IэпщIэлъапщIэ». Мывэм елэжь IэпщIэлъапщIэ Ногеров Байрумук (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
20.00 «Чемпионхэр». СССР-м бэнэнымкIэ спортым и мастер Зрум Леонид (12+)
20.25 «Гъэмахуэ егъэжьэж». Усыгъэм и пшыхь (адыгэбзэкIэ)
21.05 «Гухэлъ уэрэдхэр». Лирическэ концерт (адыгэбзэкIэ) (16+)
21.30 «Зи чэзу псалъэмакъ»
21.40 ХъыбарыщIэхэр
Махуэку, шыщхьэуIум и 29
7.00 Мультфильм (6+)
7.10 «Зэчиймрэ IэпщIэлъапщIагъэмрэ». Къэрэшей усыгъэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа Семенов Исмэхьил (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
7.40 ХъыбарыщIэхэр
8.00 «Гъуаплъафэ уафэ». Сабийхэм папщIэ спорт тележурнал (6+)
8.20 «Гъуазджэм и бзэкIэ». Скульптор БжэIумых Хьид (адыгэбзэкIэ)
8.55 «Зэныбжьэгъугъэм и концерт». Кубань къэзакъ хорымрэ «Кабардинка», «Балкария» къэфакIуэ гупхэмрэ я концерт. ПэщIэдзэр (12+)
17.00 «ХъуэпсапIэхэр нахуапIэ мэхъу». Телемарафон. Эфир занщIэ
20.00 «НэхъыфI псори — сабийхэм» (6+)
20.20 «Ууаз» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
20.50 «Джэрпэджэж». Тележурнал (адыгэбзэкIэ) (12+)
21.25 «КъэкIуэнур нобэрей махуэм пыщIащ». Кипр Ищхъэрэм и премьер-министр Сибер Сибел (16+)
21.40 ХъыбарыщIэхэр
Мэрем, шыщхьэуIум и 30
7.00 Мультфильм (6+)
7.10 «Сурэтхэм къаIуатэ» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
7.40 ХъыбарыщIэхэр
8.00 «Махуэшхуэр къыщыпхуеблагъэкIэ». Документальнэ фильм (12+)
8.15 «Музейхэр» программэр (12+)
8.45 КIэщт Мухьэз къызэралъхурэ илъэс 75-рэ ирокъу. «Къыфхузогъанэ» (адыгэбзэкIэ) (12+)
9.15 «Зэныбжьэгъугъэм и концерт». Кубань къэзакъ хорымрэ «Кабардинка», «Балкария» къэфакIуэ гупхэмрэ я концерт. КIэухыр (12+)
18.00 «Си Хэкум уэрэд хужызоIэ, си Кавказри согъэлъапIэ». Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм гъуазджэмкIэ и лэжьакIуэхэм Кремлым щата концертыр (Москва къалэ) 12+)
19.30 Мультфильм (6+)
19.40 Iуащхьэмахуэ щIыналъэм и курыт еджапIэхэр гъэ еджэгъуэщIэм зэрыхуэхьэзырыр (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
20.00 Мэржэхъу МэчрэIил (12+)
20.30 «ЩIыуэпс». Дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэн (адыгэбзэкIэ) (12+)
20.55 «49-нэ каналым и пощт» (12+)
21.40 ХъыбарыщIэхэр
Щэбэт, шыщхьэуIум и 31
7.00 Мультфильм (6+)
7.10 «ГукъэкIыжхэр». Композитор Османов Нихьат (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
7.40 ХъыбарыщIэхэр
8.00 «Одна судьба — одна дорога». Телефильм (16+)
8.45 «Нанэ и псэ». Адэ-анэхэм папщIэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (16+)
9.15 «49-нэ каналым и пощт» (12+)
17.00 Мультфильм (6+)
17.10 «Iущыгъэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (6+)
17.30 «Ыйыкъ». ХъыбарыщIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ)
17.45 «Зэманым екIуу» (12+)
18.15 «ЦIыхубэ IэпщIэлъапщIэхэр». Абджым елэжь сурэтыщI Батаев Михаил (12+)
18.50 «Зэманымрэ цIыхумрэ». КъБР-м и МВД-м деж щыIэ жылагъуэ советым и унафэщIым и къуэдзэ Туменов Мурадин (16+)
19.20 «Зы уэрэдым и хъыбар» (адыгэбзэкIэ) (12+)
19.40 «Сценэм къыхуигъэщIа». КъБР-м и цIыхубэ артист Къуныжь Алим (адыгэбзэкIэ) (16+)
20.20 «Республикэм щыхъыбархэр». ХъыбарыщIэхэр (адыгэбзэкIэ)
20.35 «49-нэ каналым и пощт» (12+)
Тхьэмахуэ, фокIадэм и 1
7.00 Мультфильм (6+)
7.10 «Ата журтум». Холам-Безенги аузым щыIэ къуажэхэм я махуэшхуэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
7.40 «Ыйыкъ». ХъыбарыщIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ)
7.55 «ЦIыхухъухэм папщIэ» (16+)
8.25 «ФIым телэжьэн». КъБАССР-м и цIыхубэ артист Соттаев Къанщауэ (адыгэбзэкIэ) (12+)
8.55 «Республикэм щыхъыбархэр». ХъыбарыщIэхэр (адыгэбзэкIэ)
9.10 «49-нэ каналым и пощт» (12+)
16.45 Мультфильм (6+)
16.55 «Нарт оюнла». Балъкъэр Ипщэ къуажэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
17.25 «Зэманым и шэрхъ». Балъкъэр тхыдэр джыным и лъабжьэр зыгъэтIылъа Абаев Мысост (балъкъэрыбзэкIэ).
18.00 «ХьэщIэм папщIэ шэнтжьей». Филологие щIэныгъэхэм я кандидат Ащнокъуэ Фозэ (12+)
18.30 «ФIыуэ слъагъухэм папщIэ…» УФ-м и цIыхубэ артист Тут Заур (16+)
19.10 «ИгъащIэкIэ Урысейм дыщIыгъуу». Телевизионнэ фильм (12+)
19.40 «Уэрэдыр зи Iэпэгъу». ШэджыхьэщIэ Лолэ (адыгэбзэкIэ) (12+)
20.05 «Джэрпэджэж». Тележурнал (адыгэбзэкIэ) (12+)
20.40 «49-нэ каналым и пощт» (12+)
21.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр»
КъБР-м и радио
Блыщхьэ, шыщхьэуIум и 26
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ):
7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 13.00, 14.00, 15.00, 16.00, 17.00, 18.00
7.15/13.05 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ).
7.45/14.50 «Жаншэрхъ» Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ).
8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ).
8.20/16.32 «ЩIэныгъэм и дунейм — зыплъыхьакIуэ» (балъкъэрыбзэкIэ).
8.40/14.35 «Зи чэзу псалъэмакъ» (адыгэбзэкIэ).
9.00/18.05 «Зэпсэлъэгъухэр» (урысыбзэкIэ).
9.25/18.30 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ).
10.05 «Утыку» (адыгэбзэкIэ).
10.25/16.05 «Макъамэ яхъумахэр» (адыгэбзэкIэ).
11.05/17.05 «Чамхана» (балъкъэрыбзэкIэ).
11.25/17.25 «Уэрэдыр тыгъэ фхузощI» (балъкъэрыбзэкIэ).
11.48/17.48 «Гюрен». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ).
12.05/15.35 «Дуней тетыкIэ» (урысыбзэкIэ).
12.25/15.05 «КъехьэкI-нехьэкI зыхэмылъ псалъэмакъ» (урысыбзэкIэ).
14.05-14.35 «Дыхьэшхэным и хъуреягъкIэ» (адыгэбзэкIэ).
Гъубж, шыщхьэуIум и 27
7.45/14.45 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ).
8.20/16.30 «Боракъ» (балъкъэрыбзэкIэ).
9.00/18.05 «Зэманыр, къэхъукъащIэхэр, Iуэху еплъыкIэхэр» (урысыбзэкIэ).
9.20/18.25 «Гукъыдэж» (урысыбзэкIэ).
10.05 «Адыгэхэр: тхыдэр, хабзэр» (адыгэбзэкIэ).
10.50/15.50 «Зэхэфха? Флъэгъуа?» (адыгэбзэкIэ).
11.05/17.30 «Балъкъэр цIыхубэ уэрэдхэр» (балъкъэрыбзэкIэ).
11.30/17.05 «Школ Iуэхухэр» (балъкъэрыбзэкIэ).
12.05/15.30 «Тхыдэм егъэщIылIа Iуэхухэр» (урысыбзэкIэ).
12.25/15.05 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ).
12.45/14.30 «Таурхъан» (адыгэбзэкIэ).
14.05/16.05 «Макъамэ калейдоскоп» (адыгэбзэкIэ).
Бэрэжьей, шыщхьэуIум и 28
7.45/14.50 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ).
8.20/17.05 «Къонгуроучукъ». Сабийхэм папщIэ (балъкъэрыбзэкIэ).
8.45/16.50 «Гюрен». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ).
9.00/18.05 «Зи чэзу Iуэхум теухуауэ» (урысыбзэкIэ).
9.25/18.25 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ).
10.05/16.05 «Панорамэ» (адыгэбзэкIэ).
10.25/16.20 Концерт (адыгэбзэкIэ).
11.05-11.22 «Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ).
11.30/17.30 «Сэлам алейкум» (балъкъэрыбзэкIэ).
12.05/15.05 «Гъуазджэм и щIыналъэ» (урысыбзэкIэ).
12.40/15.40 «Кавказым и симфоние» (урысыбзэкIэ).
14.05 «Уэрэдыр и Iэпэгъуу» (адыгэбзэкIэ).
14.30 — 14.50 «Усыгъэм и сатыр мыкIуэдыжынухэр…» (адыгэбзэкIэ).
Махуэку, шыщхьэуIум и 29
7.45/18.43 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ).
8.20/17.05 «Дэ къытхуэнар» (балъкъэрыбзэкIэ).
9.00/18.05 «Нэхъыщхьэм теухуауэ — кIэщIу» (урысыбзэкIэ).
9.20/15.25 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ).
9.30/15.45 «Псэм и макъамэ» (урысыбзэкIэ).
9.42/15.35 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ).
10.05/16.05 «Динымрэ гъащIэмрэ» (адыгэбзэкIэ).
10.20/16.20 «Гухэлъ уэрэдхэр» (адыгэбзэкIэ).
10.45-16.45 «ДунейгъафIэ». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ).
11.05/14.05 «Лэгъупыкъу» (балъкъэрыбзэкIэ).
11.30/17.35 «Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ).
12.05/15.05 «Макъамэхэр» (урысыбзэкIэ).
12.30/18.20 «Дуней тетыкIэ» (урысыбзэкIэ).
14.30-15.00 «Пшыналъэ». Нэгузегъэужь нэтын (адыгэбзэкIэ).
Мэрем, шыщхьэуIум и 30
7.45/18.39 «Щэнхабзэм теухуауэ» (адыгэбзэкIэ).
8.20/17.30 «Дыщэ пхъуантэ цIыкIу» (балъкъэрыбзэкIэ).
8.35/14.05 «Уэсылъэ къуршхэм я макъамэ» (балъкъэрыбзэкIэ).
9.00/18.05 «ГъащIэ Iуэху» (урысыбзэкIэ).
9.25/15.35 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ).
10.05 «Эфирыр псоми папщIэ» (адыгэбзэкIэ).
10.25 «Лъэпкъ прозэм и напэкIуэцIхэр» (адыгэбзэкIэ).
10.45/16.05 «Лэгъупыкъу». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ).
11.05/13.50 «Гуапагъэмрэ уахътыншагъэмрэ ятеухуауэ» (балъкъэрыбзэкIэ).
11.20/17.05 «Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ).
11.45/17.45 «Гюрен» (балъкъэрыбзэкIэ).
12.05/15.05 «Гъуазджэм и щIыналъэ» (урысыбзэкIэ).
12.35/18.20 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ).
12.44/18.29 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ).
14.30/16.25 «Ди гъусэу зывгъэпсэху» (адыгэбзэкIэ).
Щэбэт, шыщхьэуIум и 31
7.00/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ).
7.38/13.38 «ЛIэщIыгъуэхэм зэIэпахыу» (адыгэбзэкIэ).
8.00/15.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ).
8.25/15.25 «Бжьамий телъыджэ» (балъкъэрыбзэкIэ).
9.00/18.00 «Я гулъытэ нэхъыщхьэр зыхуэгъэзар» (урысыбзэкIэ).
9.25/18.25 «Дыщыпсэу дунейм» (урысыбзэкIэ).
9.45/18.45 «Усыгъэм и сатыр мыкIуэдыжынухэр…» (урысыбзэкIэ).
10.00-10.30 «Дэрэжэгъуэ». Нэгузегъэужь нэтын (адыгэбзэкIэ).
10.50/14.50 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ).
11.00/16.00 «Чамхана» (балъкъэрыбзэкIэ).
11.21/16.21 «Топалайчыкъ». Сабийхэм папщIэ (балъкъэрыбзэкIэ).
11.30/16.30 «Iуащхьэмахуэ и щыгум щыIу уэрэдхэр» (балъкъэрыбзэкIэ).
12.00/17.00 «Гукъыдэж» (урысыбзэкIэ).
12.44/17.44 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ).
14.00-14.50 «Радиотеатр» (адыгэбзэкIэ).
Тхьэмахуэ, фокIадэм и 1
«ХъыбарыщIэхэр». Тхьэмахуэм къэхъуахэр (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ):
8.00, 10.00, 12.00, 14.00, 15.00, 17.00
7.00/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ).
7.40/14.40 «ФIыуэ тлъагъу макъамэхэр» (адыгэбзэкIэ).
8.10/15.10 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ).
8.40/15.40 «Си лъахэм сыхуоусэ» (балъкъэрыбзэкIэ).
9.00/18.00 «Iуэху нэхъыщхьэм теухуауэ» (урысыбзэкIэ).
9.35/18.35 «Дыщыпсэу дунейм» (урысыбзэкIэ).
9.45/18.45 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ).
10.10/14.10 «Макъамэ» (адыгэбзэкIэ).
10.40-10.58 «Школ Iуэхухэр» (адыгэбзэкIэ).
11.00/16.00 «Ди хъугъуэфIыгъуэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ).
12.10/17.10 «Си Хэку» (урысыбзэкIэ).
13.35-14.00 «УсакIуэмрэ уэрэдымрэ» (адыгэбзэкIэ).
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "30933.txt"
} |
Налшыкрэ къалэдэсхэмрэ
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "30938.txt"
} |
ЩIым епщIэр и пщIэщ
«ЩIым зы ептмэ, щэ къуетыж», — жеIэ адыгэ псалъэжьым. А псалъэ Iущхэм я мыхьэнэр фIы дыдэу къагуроIуэ Лэскэн районым и цIыхухэм. Мыхэр нэхъыбэу зытелэжьыхьыр щIыращ. Iуэхум зэрехъулIэм, мы гъэр къазэрыхущIэкIам къытхутепсэлъыхьащ Лэскэн районым хыхьэ Лэскэн ЕтIуанэ къуажэм щыщ агроном цIэрыIуэ Уэркъуасэ Пётр. Ар куэд щIауэ щIым толэжьыхь, гъавэ бэв абы къызэрытепхынум и щэху куэдым щыгъуазэщ. Уэркъуасэр щIым и «бэуэкIэр» зыхэзыщIэ IэщIагъэлI нэсу зэрыщытыр жаIэ абы и чэнджэщхэр щхьэпэ зыхуэхъуахэми.
— ЦIыхум зыхуей игъуэту псэуныр кIуэ пэтми нэхъ гугъу хъууэрэ макIуэ, — жеIэ Уэркъуасэм. — ЛэжьапIэншэхэр нэхъыбэ щыхъу ди зэманым куэдым щIым телэжьыхьын щIадзащ. Бэджэнду яIыгъ щIы Iыхьэм унагъуэм гъэр ирезыгъэхын къытрах. Нащэ, помидор, нартыху — ахэращ мы лъэныкъуэмкIэ щыпсэухэм нэхъыбэу хасэр. Иужьрей илъэсхэм нэхъыбэ хъуащ зи хадэхэм теплицэхэр щызыщIахэр. МыIэрысей жыг хадэхэр зыгъэкIхэми я бжыгъэм къыхохъуэ. Къуажэдэсхэр гугъуехьым щышынэркъым, абыхэм фIы дыдэу къагуроIуэ щIым епщIэр и пщIэу зэрыщытыр. Нобэ, ди гуапэ зэрыхъущи, бэджэндырылажьэхэм гукъеуэ яIэкъым. Тхьэм и фIыщIэкIэ, я гугъуехьым къыпэкIуэр ялъагъужу я Iуэхур докI. Унагъуэ щIагъуэ къэнакъым жыпIэну, жылэдэсхэм нартыхуи хасащ. Ари бэгъуащ, иджы къахуэнэжар и чэзум кърахьэлIэжу я гуэн щагъэтIылъыжынырщ. Гъавэ и лъэныкъуэкIэ мы гъэм ди жылэм берычэт дэлъщ. Шэч хэлъкъым, ар щIым и фIагъым и мызакъуэу, абы елэжь цIыхухэм я гугъуехьми къызэрыпэкIуар.
«Узэгугъур къогугъуж», — жаIэ игъащIэми. Зэрегугъуам и мызакъуэу, гъэри яхуэфIащ. Гугъущ гъэ псом узыщыгугъыр уэгъум щихьыжым деж, апхуэди къахуихуащ цIыхухэм. «Мы илъэсыр, гъэ угъурлыуэ къытхущIэкIащ, — жеIэ Уэркъуасэ Пётр. — ЦIыхухэм я гугъуехьыр хэкIуэдакъым, зэрыжаIэу, щIым зы иратамэ, щэуэ къытрахыж».
МЭРЕМЫКЪУЭ Динарэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "30941.txt"
} |
Зыхуей-зыхуэфIхэм теухуа псалъэмакъ
Бахъсэн районым щыщ ныбжьыщIэхэм Iэмал ягъуэтащ республикэм и властымрэ щIыпIэ самоуправленэмрэ я IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэм яхуэзэну икIи епсэлъэну.
Районым и унафэщI Сыжажэ Хьэсэн и псалъэ. ЩIыпIэ щIалэгъуалэ советым къыхилъхьа а жэрдэмыр даIыгъащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм, щIэныгъэмрэ егъэджэныгъэмкIэ, спортымрэ туризмэмкIэ, щэнхабзэмкIэ, цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ министерствэхэм, муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм, хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм.
ЗэIущIэр къызэIуихащ икIи къызэхуэсахэр щIалэгъуалэ политикэр пхыгъэкIа зэрыхъум щыгъуазэ ищIащ район администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Iэхъуэбэч Анзор.
ИужькIэ егъэджэныгъэ IэнатIэм и IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэм, спортым зыхуэзыгъасэхэм, щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэм хэтхэм ирагъэжьащ къуажэдэс щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ зыхуей-зыхуэфIхэм, зыIууэ гугъуехьхэм теухуа псалъэмакъыр.
Бахъсэн районым и щIалэгъуалэр Iуэху куэдым игъэпIейтейуэ къыщIэкIащ: къуажэм спорт Iуэхур зэрыщыгъэувам къыщыщIэдзауэ щIалэ, хъыджэбз акъылыфIэхэр дэIыгъын зэрыхуейм нэсу. Зеикъуэ къикIа спортсмен ныбжьыщIэхэр щIэлъэIуащ спорткомплексыр нэхъ псынщIэу яухуэну, Къубэ-Тэбэ щыщхэр хуейт футбол губгъуэр зыхуей хуагъэзэнымкIэ къадэIэпыкъуну. Къызэхуэсахэр апхуэдэу щIэупщIэрт бын куэд щапI унагъуэхэмрэ къуажэхэм щылажьэ IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэмрэ щIэгъэкъуэн зэрахуэхъу щIыкIэм. Абыхэм администрацэм и Iэтащхьэ Сыжажэ Хьэсэн жэуап яритащ.
Генерал-майор Васильев Сергей ЩIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ къэралым, республикэм щызекIуэ хабзэхэм нэхъ куууэ хигъэгъуэзэну зэримурадыр жиIащ районым щыпсэухэм папщIэ блог щхьэхуэ Интернетым иджы дыдэ къыщызэIузыха программист Евгъэжьыкъуэ Тимур.
НыбжьыщIэхэр зыпэмыплъа Iуэху гуапэу къыщIэкIащ КъБР-м щыIэ МВД-м и министр Васильев Сергей зэрахуеблэгъар. Абы жиIащ мыпхуэдэ Iэмал блигъэкIын икIи къэмыкIуэн зэрыхузэфIэмыкIар. НыбжьыщIэхэм щепсалъэм министрым къыхигъэбелджылыкIащ цIыхум и лэжьыгъэм пщIэ хуэщIыным мыхьэнэшхуэ зэриIэр.
ЗэIущIэм хэтахэм фIыщIэ хуащIащ республикэм и Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ Сыжажэ Алим. Абы ныбжьыщIэхэм аргуэру ягу къигъэкIыжащ ди гъащIэм хэлъ лъапIэныгъэхэр, Iыхьлыхэмрэ благъэхэмрэ фIыуэ ялъагъун икIи пщIэ хуащIын зэрыхуейр.
СыхьэтитIкIэ екIуэкIа зэIущIэм жэуап щагъуэтащ къызэхуэсахэм я упщIэ куэдым. Администрацэм и Iэтащхьэм унафэ ищIащ ныбжьыщIэхэм абы къыщаIэта Iуэхугъуэхэр зэфIэгъэкIыным икIэщIыпIэкIэ иужь ихьэну.
Алокъуэ Аринэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "30943.txt"
} |
Къанокъуэ Арсен: «Кавказым хэхауэ щIалэгъуалэ политикэ къыщIыщывгупсысын щыIэкъым — абы и купщIэр ди хабзэхэм щыубзыхуащ»
Нобэ «Мэшыкъуэ-2013» щIалэгъуалэ лагерым Къэбэрдей-Балъкъэрым и махуэр щрагъэкIуэкI. Хабзэ хъуауэ, абы егъэщIылIа гуфIэгъуэ Iуэхушхуэхэр яIэт. КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен и унафэкIэ мы гъэм абы хагъэхьащ спорт, щэнхабзэ Iуэхухэр. ЗэIущIэм хэтхэм кекусин-кан спорт лIэужьыгъуэмкIэ дунейпсо чемпион Гъэсашэ Тимур ящIыгъуу пщэдджыжьым гимнастикэ ящIынущ, иужькIэ спорт лIэужьыгъуи 6-кIэ зэхьэзэхуэнущ, Мэшыкъуэ и ипщэ-къухьэпIэ джабэм «Балкария» къэрал IуэрыIуатэ-этнографие къэфакIуэ ансамблыр, «Skstyle» шоу гупыр, «Арт-синдикат» ансамблым и рок-музыкантхэр зыхэт махуэшхуэ концерт щагъэлъэгъуэнущ.
Мы зэхыхьэр къыщызэIуахынум и пэ къихуэу Къанокъуэ Арсен жиIауэ щытащ мы Iуэхум щIалэгъуалэр зэIущIэну, абыхэм я зэфIэкIыр къагъэлъэгъуэну Iэмал къызэритым папщIэ зэрыдиIыгъыр. КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и деж щыIэ ЩIалэгъуалэ советым хэт Куэцэ Ратмир щепсалъэм КъБР-м и Iэтащхьэм къыхигъэщхьэхукIащ щIалэгъуалэм я зэфIэкIыр нэрылъагъу къащIын, ар республикэр ефIэкIуэным хуаунэтIын папщIэ лэжьыпхъэу къилъытэхэр.
— НэгъуэщI куэдхэм елъытауэ, сэ нэхъыфIу сыщыгъуазэу къыщIэкIынущ граждан жылагъуэ Iуэху—щIапIэхэм Уэ гулъытэшхуэ зэрахуэпщIым, сыту жыпIэмэ КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и деж щыIэ ЩIалэгъуалэ советым сыхэтщ. Республикэм щекIуэкI Iуэхухэм щIалэгъуалэр къыхэшэныр Уэ къалэн нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщу къыболъытэ. АтIэ КъБР-м сыт хуэдэ щIалэгъуалэ политикэ щегъэкIуэкIын хуейуэ къыпщыхъурэ?
— ФIыщIэ пхузощI апхуэдэ упщIэм папщIэ. Iуэхум куууэ ухэплъэмэ, къыбгуроIуэ зэхъуэкIыныгъэхэр щекIуэкIа 90 гъэхэм щIалэгъуалэр гъэсэным хуэгъэза къэрал системэр зэрызэтракъутар, апхуэдэу жылагъуэ зэхэтыкIэр егъэфIэкIуэным елэжь IэнатIэхэр гугъуехь инхэм зэрыхэхуар. Сэ къызэрыслъытэмкIэ, иджыпсту мыхьэнэшхуэ иIэщ щIалэ- гъуалэм я деж щекIуэкI Iуэхухэр зэхэгъэкIыным икIи ахэр тэмэму гъэсэным и лъэныкъуэкIэ властым и органхэм зэфIагъэкIыфынухэр убзыхуным.
Къанокъуэ Арсен Мэшыкъуэ деж щIалэгъуалэм яIуощIэ. Абы и лъэныкъуэкIэ сэ къалэну тIу къыхэгъэщхьэхукIыпхъэу къысщохъу. Япэр — щIалэгъуалэр жылагъуэ гъащIэм къыхэшэнымкIэ системэр зэтегъэувэжынырщ (инфраструктурэри, кадрхэри, методикэри). ЕтIуанэр — щIалэгъуалэм я деж къыщыхъу мыхъумыщIагъэхэр гъэкIуэдынырщ (гъэмэщIэнырщ) икIи ахэр жылагъуэ Iуэхухэм къыхэшэнырщ.
Абы и лъэныкъуэкIэ сэ нэхъыщхьэу къэслъытэркъым щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ ауэ сытми хабзэм щхьэкIэ къызэрагъэпэщ Iуэхухэм къешэлIэныр. Мыбы программэ пыухыкIам тету икIи мурад хэхам хуэунэтIауэ бгъэдыхьэпхъэщ, щIалэгъуалэм ядэлажьэ ведомствэхэм я зэфIэкIри хуэунэтIын хуейщ нэхъыжьхэм я хабзэхэр, щIэныгъэр, IэкIуэлъакIуагъэр нэхъыщIэхэм зыхегъэлъхьэным, ахэр жылагъуэмрэ къэралымрэ зэпIэзэрыту зегъэужьыным хуэгъэзауэ къагъэсэбэпын папщIэ.
Сэ Iэмал зэриIэкIэ нэхъыбэрэ щIалэгъуалэм сазэрыхуэзэным сыхэтщ — мыхьэнэшхуэ иIэщ абыхэм я псэукIэм, зыхэт Iуэхухэмрэ гугъуехьхэмрэ ущыгъуазэу щытыным. Зэрыщыту къапщтэмэ, ди щIалэгъуалэр хъарзынэщ, пщIэ зыхэлъ защIэщ. Абыхэм ядэIэпыкъун, ечэн- джэщын, защIэгъэкъуэн хуейщ. ИкIи апхуэдэ къалэныр къызыбгъэдэхуэр властым и закъуэкъым. Абы школхэм я егъэджакIуэхэри, псом япэу адэ-анэхэри, унагъуэхэри, елэжьын хуейщ. ФIэкIыпIэ имыIэу щIалэгъуалэр зыхуэзэ гугъуехьхэм щыгъуазэ захуэтщIын икIи иджырей зэманым хэзэгъэнымкIэ абыхэм дадэIэпыкъун хуейщ. Дэ дыхуейщ щIэныгъэ зрагъэгъуэтыну хущIэкъу икIи сыт хуэдэ Iуэхуми псынщIэу хэзагъэ щIалэгъуалэ къытщIэтэджэну. Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщалъхуахэр дэнэ щIыпIэ къыщымы- хутэми, ахэр зэманым къигъэувхэм езэгъыу щытыпхъэщ. Абы папщIэ дэ Iэмал псори къызэдгъэпэщыну ди къалэнщ.
Сэ къызэрыслъытэмкIэ, Кавказым хэхауэ щIалэгъуалэ политикэ щхьэхуэ къыщIыщывгупсысын щыIэкъым — абы и Iуэхугъуэхэм я нэхъыбэр ди хабзэхэм къыхощ. Псалъэм папщIэ, нэхъыжьым, нэхъыщIэм, хьэщIэм зэрыхущытын хуейр. Мис а хабзэхэм тету сабийр къэтэджмэ, ар зэи гъуэгу пхэнжым теувэнукъым, къызыхэкIа лъэпкъыр, унагъуэр укIытэгъуэ иригъэхуэнукъым. Нэхъ япэкIэ зэрыщытар къапщтэмэ, дэ дыкъызыхэкIа лъэпкъым, зетхьэ унэцIэм пщIэ хуэтщIу дыкъэхъуащ. Мис апхуэдэ жэуаплыныгъэ ди бынхэми щыцIыкIум щегъэжьауэ зыхащIэу щытыпхъэщ.
Дэ щIалэгъуалэм папщIэ куэд долэжь, дяпэкIи абыхэм ди нэIэ ятедгъэтынущ, сыту жыпIэмэ щIалэгъуалэрщ дэ ди къэкIуэнур, ди пщэдейр.
— Иджыпсту КъБР-м и щIалэгъуалэр лэжьапIэ IэнатIэхэмкIэ дауэ къызэгъэпэща?
— Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм иужьрей илъэсхэм экономикэм хуабжьу жыджэру зригъэужьу екIуэкIащ икIи цIыхухэр лэжьапIэ- кIэ къызэгъэпэщынымкIэ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым иджыпсту щыпашэхэм ящыщщ. ЛэжьапIэншэхэр ди деж щынэхъ мащIэщ, ику иту Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым елъытауэ.
Ди щIалэгъуалэм я гугъу пщIымэ, мы зэманым муниципальнэ районхэмрэ къалэхэмрэ IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэр щрахьэкI щIалэрэ хъыджэбзу мин 75-м щIигъум, апхуэдэу бэджэндырылажьэ, хьэрычэтыщIэ ныбжьыщIэу миным нэблагъэм. Ахэр икъукIэ бжыгъэшхуэщ. ИтIани, дэ къыдгуроIуэ щIалэгъуалэм я зэфIэкIыр нэсу къагъэсэбэпыну зэрыхущIэкъур, ауэ IэщIагъэ щхьэхуэхэмкIэ дэ абыхэм лэжьапIэ IэнатIэхэр къахузэдгъэпэщыфыркъым. Апхуэдэу щыт пэтми, лэжьапIэ IэнатIэхэр щыIэщ. Апхуэдэ IэнатIэхэр щыбгъуэтынущ властым и гъэзэщIакIуэ, законхэр къыдэзыгъэкI органхэми. Правительствэм, Парламентым, муниципалитетхэм щIалэгъуалэр къешэлIэн хуейщ. Ахэр зэманым къыкIэрыхуркъым, жьы ящIэтщ, гупсысэ яхэлъщ. Мис апхуэдэ къалэнхэр щыдогъэув кадрхэм яхуэгъэза ди политикэм. Дэ ЩIалэгъуалэ правительствэ, ЩIалэгъуалэ палатэ, нэгъуэщI щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэр къызэдгъэпэщащ. Абыхэм щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ лэжьэкIэм зыщыхуагъасэ икIи фIэкIыпIэ имыIэу гъащIэм къащыхуэсэбэпыжын Iэмалхэм щыгъуазэ зыщащI. КъызэрыслъытэмкIэ, тэмэм хъунщ республикэм зегъэужьыным хуэунэтIа лэжьыгъэм иужькIэ къыхэтшэ хъуну щIалэгъуалэу нэхъ зэфIэкI зиIэхэр къыхатхыкIмэ.
— Мы зэманым щIалэгъуалэ лагерхэр щIыналъэ куэдым къыщызэрагъэпэщ. Апхуэдэ Iуэхухэр ди республикэми мызэ-мытIэу щекIуэкIащ. Къапщтэмэ, «Кавказ-2020» зэхыхьэшхуэм хиубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщызэхуэсауэ щытащ къэралым и ипщэ Iыхьэм щыщ щIалэрэ хъыджэбзу нэхъ жыджэр дыдэхэр. Иджыпсту ди делегацэм «Мэшыкъуэ-2013» зэхуэсышхуэм зэрыхэтынум зыхуегъэхьэзыр. Апхуэдэ зэхыхьэхэм сыт хуэдэ мы-хьэнэ яIэу, сыт хуэдэ сэбэпынагъ къахьу къэплъытэрэ?
— Шэч хэмылъу, сэбэпынагъ яIэу къызолъытэ. Сэ апхуэдэ Iуэхухэр сфIэтэмэмщ икIи ахэр егъэкIуэкIынымкIэ сыт и лъэныкъуэкIи щIэгъэкъуэн сыхъуну сыхьэзырщ. Пэж дыдэу, «Кавказ-2020» зэхыхьэшхуэр дэгъуэу екIуэкIащ. Абы папщIэ дэ Iэмал хъарзынэхэр диIэщ. Ауэ зэIущIэхэри гъуэрыгъуэурэ щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щегъэкIуэкIыпхъэщ: нобэ — ди деж, пщэдей — Пятигорск, къыкIэлъыкIуэ илъэсым — нэгъуэщI республикэм. КъэкIухьын, цIыхухэр зэ-гъэцIыхун, щIэм хуеджэн хуейщ.
«Мэшыкъуэ» зэхыхьэм и гугъу пщIымэ, ар лъэ быдэкIэ уващ. Феплъыт а щIалэгъуалэ лагерым и пщIэм и инагъ хъуам. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу абы мы гъэм кIуэну хуейхэр хуэдитIкIэ нэхъыбэщ тхухаха бжыгъэм нэхърэ. Абы дгъэкIуэфыну цIыху 240-м я пIэкIэ республикэм щыщу зезыгъэтха щIалэхэмрэ хъы- джэбзхэмрэ я бжыгъэр 500-м щIигъуащ.
Апхуэдэу сэ гу лъызотэ проектхэм я унэтIыныгъэхэми зэрызахъуэжам. БлэкIа илъэсхэм абыхэм я нэхъыбэр хьэрычэт Iуэхум теухуауэ щытамэ, иджы щIалэгъуалэм я зэфIэкIыр нэхъ зыхуаунэтIыр социальнэ, щэнхабзэ Iуэхухэр дэгъэкIынырщ. НыбжьыщIэхэр зэроцIыху, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм я щэнхабзэмрэ къадекIуэкI хабзэхэмрэ щыгъуазэ защI, зэгурыIуэу зэдэпсэуным я плъапIэхэр хуаунэтI.
КъызэрыслъытэмкIэ, Хлопонин Александр Геннадий и къуэм, зэхыхьэм и къызэгъэпэщакIуэхэм фIыщIэ псалъэхэр яхуэфащэщ Урысей Ипщэм апхуэдэ зэхуэсыпIэ зэрыщызэтрагъэувам папщIэ. Апхуэдэ Iуэху гуэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм щегъэкIуэкIын хуейуэ къалъытэмэ, ди гуапэу апхуэдэ Iэмал къызэдгъэпэщынщ. Ди деж Iэмал псори щыIэщ, дунейм и щытыкIэр дэгъуэщ, акъылрэ зэчийрэ зыбгъэдэлъ щIалэгъуалэр ди куэдщ.
БлэкIа илъэсхэм ди щIалэу, хъыджэбзу 160-м щIигъум псори зэхэту дэIэпыкъуныгъэу сом мелуан 15-м щIигъу яIэрыхьащ. Ар икъукIэ хъарзынэщ. Грантхэр къыIахри, абыхэм хэт теплицэ иухуащ, хэти бжьаIуэ къызэригъэпэщащ — кIэщIу жыпIэмэ, куэдым езыхэм я проектхэр ягъэзащIэу щIадзащ. Iуэху зэмылIэужьыгъуэхэр ирагъэжьэн папщIэ апхуэдиз ахъшэ зэрыхухахым, щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ езыхэм я Iуэху пыухыкIа зэтрагъэувэну Iэмал зэрыратым мыхьэнэшхуэ иIэщ.
Аращи, Iуэхум фIы къызэрырикIуэр нэрылъагъущ, апхуэдэу щыщыткIэ, зэхыхьэм лэжьыгъэ тэмэм щрагъэкIуэкI. Апхуэдэ Iуэхухэр сэ сыткIи дэсIыгъыну сыхьэзырщ.
— Узэрыщыгъуазэщи, мы зэхыхьэм хиубыдэу субъектхэм я махуэхэри къызэрагъэпэщ. Апхуэдэ махуэ егъэкIуэкIыным уэ сыт щыгъуи хэхауэ узэрыбгъэдыхьэр икъукIэ гуапэщ. АтIэ абы хиубыдэу мы гъэм гъэщIэгъуэну сыт щыIэнур?
— Ар зэкIэ щэхущи, утепсэлъыхьыну пасэIуэщ. Псори иджыпсту къэпIуатэмэ, гъэщIэгъуэн хъужынукъым (къыпогуфIыкI).
Ди лэжьэкIэр гъэщIэгъуэн къазэрыщыхъуным дыхущIокъу. Пэж дыдэу, адрей гъэхэм екIуэкIа зэхыхьэхэм хиубыдэу ди республикэм и махуэхэр нэхъыфI дыдэу, нэхъ гукъинэу къызэрагъэпэщахэм ящыщу къалъытащ. Ар гуапэщ икIи адэкIи апхуэдэ зэфIэкI зэрыдгъэ- лъэгъуэным дыхущIэкъун хуейщ.
— БлэкIа илъэсхэм мы зэхыхьэшхуэм хэтахэм Уэ скаладромрэ амфитеатррэ тыгъэ яхуэпщIауэ щытащ. ЩIалэгъуалэм апхуэдэ гулъы- тэ зэрахуэпщIым папщIэ фIыщIэ пхуэсщIыну сыхуейщ. Сэ икъукIэ сфIэтелъыджэщ Уэ дэтхэнэ зы ныбжьыщIэми зэтеувэн икIи зызыужьын хуей проектым хуэдэу узэрыбгъэдыхьэр. Апхуэдэ бгъэдыхьэкIэм щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ трегъэгушхуэ я зэфIэкIхэм зегъэужьыным икIи япэкIэ кIуэтэным. Ди республикэм щекIуэкI щIалэгъуалэ зэщIэхъееныгъэм и телъхьэу узэрыщытым псори дегъэгушхуэ.
— «Проект» жыхуэпIэм сэ къизгъэкIыр сыт? ЦIыхум зэхэщIыкIышхуэ иIэу, лъэныкъуэ куэдкIэ зиужьауэ щытын зэрыхуейрщ, абы и зэфIэкIхэр экономикэм и мызакъуэу, нэгъуэщI IэнатIэхэми: спортми, щэнхабзэми, лъэпкъ хабзэхэмрэ зэхэтыкIэмри зэрыщигъэлъэгъуапхъэрщ. Урысей гупсысэкIэ пхэлъын хуейщ, иджырей цIыхуу ущытын папщIэ. Ди щIалэгъуалэм апхуэдэ Iэмал яIэщ. А Iэмалыр нэсу къэгъэсэбэпыпхъэщ. Абы папщIэ узэлэжьыжын, угупсысэн хуейуэ аращ. Абы щыгъуэщ фэ, ныбжькIэ щIалэхэр, тэмэму гъэзэщIа хъуа проектым ещхьу фыкъыщалъытэнур. Абы и лъэныкъуэкIэ дэ, нэ-хъыжьхэр, дывдэIэпыкъунущ.
— Берычэт бесын!
— ЕхъулIэныгъэхэр фиIэну!
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "30950.txt"
} |
Мы махуэхэм
ШыщхьэуIум и 22, махуэку
Урысей Федерацэм и Къэрал ныпым и махуэщ. 1994 гъэм шыщхьэуIум и 20-м УФ-м и Президентым къыдигъэкIа унафэм ипкъ иткIэ ягъэлъапIэ.
Коми Республикэм и махуэщ
1937 гъэм КIыщокъуэ Алим и адэ Пщымахуэ дунейм ехыжащ.
1959 гъэм Тэрч къалэ щатащ налмэс Iэмэпсымэхэр къыщыщIагъэкI завод.
Экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Къущхьэ Iэбу къызэралъхурэ илъэс 86-рэ ирокъу.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 22 – 24-рэ, жэщым градус 18 – 20 щыхъунущ.
ШыщхьэуIум и 23, мэрем
ПщылIхэр ящэу зэрыщытам, а хабзэ мыхъумыщIэм къызэрытекIыфам я фэеплъ махуэщ. ЮНЕСКО-м и гъэзэщIакIуэ советым и жэрдэмкIэ ягъэлъапIэ, Сантэ-Домингэ (иджырей Гаитимрэ Доминикан Республикэмрэ) я хуитыныгъэхэм щIэбэну пщылIхэм 1791 гъэм зыкъызэрыщаIэтауэ щытам траухуауэ.
1382 гъэм Урысейм артиллерие дзэхэр къыщызэрагъэпэщащ. Ар япэу къагъэсэбэпащ Тохъутэмыщ хъаныр Мэзкуу щытеуам щыгъуэ.
Волгоград Нэщхъея-гъуэм и махуэу щагъэуващ — 1942 гъэм шыщхьэуIум и 23-м фашист авиацэм Сталинград диукIыхьа цIыху мамыр мин 42-р ягу къагъэкIыж.
1943 гъэм СССР-м и Дзэ Плъыжьым Курск и деж нэмыцэ-фашистыдзэр щызэтрикъутащ.
Советыдзэхэм Харьков къалэр фашистхэм къыIэщIагъэкIыжащ.
1992 гъэм ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академиер къызэрагъэпэщащ.
КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Шортэн Даниткэ къызэралъхурэ илъэс 87-рэ ирокъу.
УФ-м щIыхь зиIэ и артист, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ХьэпащIэ Заудин и ныбжьыр илъэс 57-рэ ирокъу.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 20 — 22-рэ, жэщым градус 17 — 19 щыхъунущ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "30954.txt"
} |
Лъабжьэ быдэ
Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу щIалэгъуалэр зэхэзышэ «Зэныбжьэгъугъэ» проектым и мыгъэрей лэжьыгъэр купщIафIэу зэрекIуэкIар нэрылъагъу щытщыхъуащ ар щызэхуащIыжым Iуэхум хэта псори къызрихьэлIэжа пщыхьэщхьэм.
Ижь-ижьыж зэманым адыгэм хабзэу яIащ унагъуэм къихъуа сабийр къану яту. Апхуэдэ пщIэ лъагъэсырт сыт хуэдэ Iуэхуми фIыуэ хэзыщIыкI, куэдым хуэIэкIуэлъакIуэ, сабийр къарууфIэу, хабзэрэ нэмысрэ хэлъу къэзыгъэхъуфыну унагъуэм. Абы къикIыртэкъым адэ-анэм я быныр апхуэдэу яхуэмыгъэсэну, ауэ а Iэмалыр куэдкIэ нэхъ щхьэпэу къалъытэрт… Зи гугъу тщIы хабзэр «Зэныбжьэгъугъэ» Iуэхум лъабжьэ хуохъу. Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Ингушым, Шэшэным, Осетие Ищхъэрэ — Аланием, Дагъыстэным я щIэблэр зыр адрейм деж щохьэщIэ, тхьэмахуэм и кIуэцIкIэ лъэпкъхэм я щыIэкIэ-псэукIэм дэтхэнэми зыщегъэгъуазэ. Iуэхур 2009 гъэм зэхаублащ, а зэманым къриубыдэуи цIыху 300-м щIигъу абы хэтащ.
— Унагъуэм ухэсу гъунэгъу лъэпкъыр зэбгъэцIыхуну нэхъ тыншщ, — жеIэ КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм щIалэгъуалэ программэхэмрэ проектхэмрэ я IуэхухэмкIэ и къудамэм и унафэщI Джаппуев Мусса. — Апхуэдэ IэмалкIэ щIалэгъуалэр нэхъ зэрыцIыхуа мэхъу, я хабзэри къащIэ. Унагъуэхэм щыхьэщIэ сабийхэм я щIыналъэр ирагъэцIыху, музейхэм яшэ, я лъэпкъ шхыныгъуэхэр хуапщэфI. «Зэныбжьэгъугъэр» къызэрызэдгъэпэщрэ илъэс 5-нэ мэхъури, нэрылъагъущ абы фIыгъуэ къызэрыдэкIуэр, уеблэмэ къуэш пэлъытэ зэхуэхъу щIалэхэр ИнтернеткIэ адэкIи зэрощIэ, зэхуозэ…
Унагъуэхэм щыхьэщIа ныбжьыщIэхэр (мы гъэм Iуэхум щIалэгъуалэ 70 хэтащ) иджыблагъэ щызэхуэсыжат Налшык дэт «Ридадэ» рестораным. Ныбжьэгъу зэхуэхъуа унагъуэхэр иджыри зэ зэбгъэдагъэсыжащ, ялъэгъуахэмрэ гукъинэ ящыхъуахэмкIэ зэдэгуэшащ.
Зэхуэсыр щIэщыгъуэу, утемызашэу езыгъэкIуэкIа Аттаев Азноррэ Гергокаевэ Хьэлимэтрэ чэзууэрэ ныбжьыщIэхэр утыку кърашащ, я гупсысэхэр, мурадхэр жрагъэIащ, зэхыхьэм зэрыхэтам щыхьэт техъуэ тхылъхэри дэтхэнэми иратащ. Шэшэн Республикэм икIыу Къэрэшей-Шэрджэсым щыхьэщIа Бетельгериев Хьэсу къыхигъэщащ лъэпкъ шхыныгъуэ хуапщэфIахэм ящыщу джэд лыбжьэр игу зэрырихьар. ЩIалэ цIыкIум ар зэрагъэхьэзырым зыщигъэгъуэзащи, и анэм иригъэпщэфIыну жеIэ.
Дагъыстэным щыщ Мусаев Курахмэ къыщалъхуа махуэм техуат зэхыхьэр щызэхуащIыжри, щIалэм къуэш къыхуэхъуахэр къехъуэхъуащ ехъулIэныгъэ, узыншагъэ иIэну.
Шэшэным щыщ Орсханхэ я унагъуэм щагъэхьэщIащ щIалитху: Сагов Хьэмзэт (Ингуш Республикэм щыщщ), Кокаев Александррэ Джагаев Аланрэ (Осетие Ищхъэрэ — Алание), Бэрбэч Алихъанрэ Жарашуев Зейтунрэ (Къэбэрдей-Балъкъэр) сымэ. ЩIалэгъуалэр нэжэгужэу тепсэлъыхьыжащ я зэманыр купщIафIэу зэрагъэкIуам, щхьэж и хабзэкIэ зэрызэдэгуэшам, зи деж тхьэмахуэкIэ щыIа унагъуэми фIыщIэ хуащIащ. Ахэр къэфакIуэ Iэзэуи къыщIэкIат, утыкум «зэныбжьэгъугъэ къафэкIэ» икIыжащ. Орсхан Маликэ фIэхьэлэмэту ныбжьыщIэхэм зэ-ракIэлъыплъар жиIащ, я хьэл елъытауэ цIэ зырыз къазэрыхуигупсысар, хабзэ зэрадилъэгъуар къыхигъэщащ.
Кавказ Ищхъэрэм щыпсэухэм я щIэблэр узыншэну, акъылыфIэу щытыну, къару яхэлъыну ехъуэхъуащ КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ Геккиев СулътIан.
ЩIалэгъуалэм я гукъыдэжыр къаIэтащ ди уэрэджыIакIуэхэу Зеущэ Iэуес, Теппеев Алим, Шэрхъ Любовь, Лилу сымэ.
БАГЪЭТЫР Луизэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "30956.txt"
} |
Зэныбжьэгъугъэмрэ зэкъуэтыныгъэмрэ щытопщэ
«Мэшыкъуэ-2013» щIалэгъуалэ зэхыхьэм и япэ Iыхьэр иухащ.
Япэу Псыхуабэ щызэIущIа гупым я иужьрей пщыхьэщхьэм «Фактор А» шоум зи зэфIэкI къыщызыгъэлъэгъуа Лобжанидзе Андрей, Ставропольем щыщ «Smile» къэфакIуэ гупыр, къызэхуэса ныбжьыщIэхэр зыхэта концерт екIуэкIащ.
Спорт зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэхэм щытекIуахэри а пщыхьэщхьэм ягъэпэжащ. ЩIалэгъуалэм я бизнес-проектхэр щыпхагъэкIа «Рынок джэгум» щытекIуа, Дагъыстэным къикIа гупым щыщ Саидов Камил IPad-4 планшет тыгъэ хуащIащ.
Зэхыхьэм хэтыну етIуанэ гупыр дыгъуасэ зэхуэсу щIадзащ. Япэ дыдэу лагерым екIуэлIар Чехием къикIахэрщ, абыхэм къакIэлъыкIуэу Словением, Украинэм, Осетие Ипщэм, Азербайджаным щыщхэр къэкIуащ.
Мы зэхыхьэм ныбжьыщIэхэр лэжьэнущ «ХъыбарегъащIэ технологиехэр», «Си Iуэхухэр: къуажэ, IуэхущIапIэ, туризм», «ЩIэныгъэлI ныбжьыщIэхэр», «Политикэ- граждан жыджэрагъ», «Студент отрядхэмрэ самоуправленэхэмрэ» унэтIыныгъэхэмкIэ.
«Мэшыкъуэ-2013» зэхыхьэм и япэ зэхуэсыгъуэр къызэрыщыхъуам топсэлъыхь форумым и унафэщI Чернышов Сергей:
— Япэ пIалъэм щыIэну къэкIуахэр зэхуэгуапэу, нэжэгужэу щытащ. Хуабжьу срогушхуэ мы лагерым зэныбжьэгъугъэмрэ зэкъуэтыныгъэмрэ зэрыщытепщэм. Пэжщ, дяпэкIэ дгъэзэкIуэжын хуей ныкъусаныгъэ гуэрхэри щыIащ. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, Интернетыр зэпыу имыIэу гъэлэжьэн, зыгъэпскIыпIэхэр тэмэм щIын зэрыхуейр. Ахэращ щIалэгъуалэм я гукъанэхэр къызыхэкIар. Иджыри ныкъусаныгъэ гуэрхэм гу лъыдагъэтэжмэ, зэдгъэзэхуэжынущ. ЕтIуанэ зэхыхьэгъуэм къызэхуэсахэм «Фыкъеблагъэ!» яжызоIэ.
«Кавказ» КВН лигэм и редактор Байцаев Заур:
— Форумыр телъыджэщ! «КВН школым» иригъэкIуэкIа дерсхэмкIэ щIалэгъуалэр зэрыарэзыр гуапэ сщохъу. «Мэшыкъуэм» щекIуэкIар езгъэщхьащ Сочэ къыщызэрагъэпэщ КВН фестивалым. Къэбгъэлъагъуэмэ, ди щIалэгъуалэр нэхъ гъунэгъу зэхуэщIынымкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ а зэхыхьэм. А зым фIэкIа хэмылъми, а зэIущIэхэр ебгъэкIуэкI хъунт.
«Мэшыкъуэ-2013» щIалэгъуалэ
зэхыхьэм и пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "30961.txt"
} |
Зыгъэпсэхугъуэ махуэм
Хамэ цIыхубз
Хъыбар
МуIэед, моторыр имыгъэункIыфIу, машинэм къилъри щIэпхъуащ. Ар зэрылъэкIкIэ жэрт, и фэр пыкIарэ къиж и нитIыр напIэхэм идиихьа хуэдэ, мыупIэрэпIэжу. Псы Iуфэм Iус къаз быным щахэлъадэм, гужьеигъуэ ихуахэм я кIий макъым тхьэкIумэIупсыр иричу, ахэр зэбгрыжащ. Абыхэм ящыщ зым ишэщIа дамэр щIалэм и нэкIум апхуэдизкIэ хуищIэу къытехуати, и нэхэр зэуэ щыункIыфIыкIащ, лъэмыкIыуи и IитIымкIэ епхъуэжри, и нэхэр иIыгъыу и пIэм икIэрэхъухьри, итIанэ зэуэ и Iэхэр къыIуихыжащ — и нитIми хъарзынэу ялъагъурт, къаз дамэбгъур зытехуар и натIэрат. Ауэ ар узрэ мыузрэ егупсысыным хунэмысу, МуIэед аргуэру щIэпхъуащ. Абы илъэгъуат псы Iуфэм Iута щIалэ цIыкIур псым зэрыхэхуар.
МуIэед псы Iуфэ дыдэм Iулъэдауэ псым дежэхырт, и нэхэр абы тенауэ хэплъэурэ. Ауэ зыри илъагъуртэкъым, толъкъун ублэрэкIхэм фIэкI. ЩIалэр гъын къудей къэхъуауэ, и Iупэхэм едзэкъэжурэ жэрт, и бгъэр къыпхиудыным хуэдизу и гур къеуэу. «Езгъэтхьэлащ, слъагъуурэ псым езгъэтхьэлащ щIалэ цIыкIур!..» — зэгиижырт ар.
Асыхьэтым зы хужьыгъэ гуэр толъкъунхэм я щхьэ къэхъуащ. «Мес!» — ину кIийри псым хэлъащ МуIэед. И IэхэмкIэ толъкъунхэр зэгуихуу, псынщIэу есырт щIалэр, и щыгъынхэр зэран къыхуэхъу пэтми. Абы аргуэру къилъэгъуащ хужьыгъэр, иджы ар гъунэгъу дыдэт, ауэ напIэзыпIэм кIуэдыжащ. МуIэед лъэщу япэкIэ зидзащ, арщхьэкIэ хужьыгъэр, джанэ хужь зыщыгъ щIалэ цIыкIур, аргуэру толъкъунхэм ягъэпщкIужащ. АдэкIэ-мыдэкIэ зидзащ, зыкъидзыжащ — зыри щыIэкъым. «Дэнэ кIуа? Дэнэ кIуа?»
Асыхьэтым абы и джабэ ижьым къыжьэхэуащ зыгуэр. МуIэед зэпхъуэкIри, щIалэ цIыкIур къыIэрыхьащ…
Псы Iуфэм фыз зытхух къызэрыхьат. Абыхэм машинэм къилъа щIалэр псымкIэ зэрыжар ялъэгъуати, къэхъуар ямыщIэ пэтми, къызэхуэсат. МуIэед щIалэ цIыкIум, гууэщI ищIауэ, псыр къыжьэдигъэжыжырт. Фызхэр гуIэу зэрызехьэрт.
— Таужан и щIалэ цIыкIур… Даут…
— Дэнэ щыIэ мыгъуэ езыр?
— Ялыхь, гущIэгъу къыхуэщI!
— Дохутыр!.. ЩIэхыу — дохутыр!
МуIэед, Даут цIыкIу и Iэхэр ишэщIмэ зэфIигъэщIэжурэ зыкъомрэ бгъэдэсащ, ар къигъэбэуэжыну. Сабийм и фэ пыкIам тIэкIу-тIэкIуурэ зихъуэжу хуежьащ, абы мащIэ-мащIэурэ лъы къыщIэлъэдэжырт. «Псэущ! Хъужынущ!» — МуIэед гуфIэгъуэр иIэт. И тхьэкIумэр Даут и бгъэм трилъхьэурэ едаIуэрт — и гур хуэм дыдэу лажьэрт. «Гъэбэуэн хуейщ…»
Сымаджэщым и машинэ псынщIэр къэсри Iуишащ сабийр. «Тхьэр арэзы къыпхухъу, щIалэ! Къебгъэлащ», — жаIэурэ фызхэр къехъуэхъуащ МуIэед. И «Москвич»-м» деж къэкIуэжри, щIалэм и щыгъынхэр икъузыжащ. Нейлон джанэ хужьыр куэд мыщIэу гъущыжынт, гъуэншэджыращ Iуэхур. Дауи, апхуэдэу хьэщIапIэ укIуэ хъунукъым. Абы щыгъуэми япэ дыдэу иджыщ щыкIуэр. Ари сыт хуэдэ хьэщIапIэ жыпIэмэ…
МуIэед и нэгу къыщIэуващ мазэ япэкIэ Налшык щицIыхуа цIыхубзым и теплъэр. Ар щхьэпэлъагэтэкъым, Iэпсыгъуэлъэпсыгъуэт, и нэхэр фIыцIэт, жэщ кIыфI зырыз ящIэлъ хуэдэ. ЕгъэджакIуэхэм я семинарым къекIуэлIа цIыхубз псоми къахэщырт ар и гуакIуагъкIи, и зыIыгъыкIэкIи. ЩэныфIэу, лейуэ мыпсалъэу е мыдыхьэшхыу, губзыгъэу къоплъу.
МуIэед езыри щIалэ къекIут: лъагащэуи лъагэтэкъым, ауэ лъахъшэкIи уеджэнтэкъым, и щхьэц Iувыр дэжьеят, зы налъэ къыхэмыпIиикIыу. Дэтхэнэ цIыхубзми МуIэед и теплъэр игу ирихьынут.
Семинарым къэкIуахэр «Россия» хьэщIэщым щыпсэурт. Абы щIэст МуIэед нэIуасэ хуэхъуа цIыхубзри. Уеблэмэ я пэшхэри зэпэгъунэгъуу къыщIэкIащ. ПщэдджыжькIэрэ абыхэм сэлам зэрахырт. Ар къигъэсэбэпри, МуIэед цIыхубзым жриIащ:
— Ныщхьэбэ «курзал»»-м концерт щыIэщ. Зумыусыгъуэджэмэ, накIуэ.
«Сыту пIэрэ и жэуапынур? Сыту пIэрэ?» — и щхьэм итт МуIэед. ЦIыхубзыр абы къеплъащ нэщхъыфIэу. ТIэкIурэ гупсысэри, жиIащ:
— ЯпэщIыкIэ дызэрыцIыхумэ нэхъыфIкъэ? Сэ си цIэр Таужанщ.
ЩIалэр пIащIэу Iэбэри абы и Iэр иубыдащ:
— МуIэед.
— Мис иджы нэхъ къозэгъ концертым дызэдэкIуэну, — жиIащ Таужан…
А махуэм и ужькIэ, МуIэед сыт имыщIами, Таужан идакъым абы и гъусэу кином кIуэн е ауэ къикIухьын.
— МуIэед, дэ дызэхуэмызэмэ нэхъыфIщ, — жиIащ Таужан. — Уэ ущIалэщ. Къэпшэну цIыхубз къэлъыхъуи нэхъыфIщ. Сэ сыт? Сэ зэ сыдэкIуащ, къуэшхуэ сиIэщ, илъэситху хъууэ. Хьэуэ, уэрэ сэрэ ди насып зэхэлъ-къым.
Таужан къыжриIам МуIэед жэщ псом игъэжеякъым. Абы зэпилъыта, зэпишэча, къигупсыса псор хэт ищIэн, ауэ етIуанэ махуэм аргуэру Таужан зыхуигъазэри жриIащ, куэд щIауэ ицIыхум хуэдэу, зэрилъагъу лъандэрэ и псэм ар пэгъунэгъу зэрыхъуар, и насып псори абы пыщIауэ зэригугъэр.
ЩIалэм и псалъэр зэрыбыдэр Таужан ирилъагъуэрт абы и нэгум.
ПцIы хэмылъу, езы цIыхубзми МуIэед игу ирихьырт, ар щилъэгъуа япэ махуэ лъандэрэ адрей щIалэ псоми къахигъэщхьэхукIыу, фэкIэ зыкъримыгъащIэми, гурыщIэ гуэрхэр хуищIу щытт. Ар нэи гуи зиIэ цIыхубзт. АтIэ сыт жриIэну иджы абы щIалэм? «Сыпхуейкъым», — жриIэмэ, пцIы еупс, арэзы хъунуи къыхуегъэзэгъыркъым: и къуэ цIыкIур, фыз къимышэжауэ илъэситI лъандэрэ псэу и щхьэгъусэу щытар. Хьэуэ, щхьэгъусэр Iуэхутэкъым. А тIум я Iуэху зэхэлъыжтэ-къым. ЗэпыкIыжыпащ. Абы кIэ иIэщ. Ауэ и щIалэ цIыкIур… Ар дауэ хъуну?»
Апхуэдэ гупсысэхэм яIыгъ цIыхубзым щIалэм зыри жриIакъым. Жэуап иритакъым семинарыр яухауэ щызэбгрыкIыжхэми. «Деплъынкъэ», — жиIа къудейщ.
Мазэ хъуат абы лъандэрэ. МуIэед махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу письмо хуитхырт Таужан. Зэ хуитхауэ щытащ, «сынэкIуэнущ» жиIэри, арщхьэкIэ Таужан къыхуидакъым. Абы и ужькIэ а тIур аргуэру къалэм щызэхуэзащ. «Хъунщ атIэ, накIуэ, си къуэр уэзгъэцIыхунщ», — жиIащ Таужан. Иджы къэкIуат, ауэ плъагъуркъэ Iуэхур зэрыхъуар…
МуIэед машинэм итIысхьэжащ, сымаджэщымкIэ Iухьэу щIалэ цIыкIур зэрыщытыр зригъащIэу я къуажэ игъэзэжын и мураду.
Машинэр уэрамым щигъэуври, езыр сымаджэщым щIыхьащ.
— Ей, щIалэ, хъэлатыншэу дэнэ уздэкIуэр? — къигъэувыIащ ар дежурнэм.
— Сэ…сэ нетIэ къаша щIалэ цIыкIум сыщIэупщIэну арат.
— Уэ слIо, абы уриадэ?
МуIэед къэIэнкунащ.
— Хьэуэ.
— Урикъуэш?
— Хьэуэ…
— АтIэ урихэт-на, жыпIэ хъунукъэ?
— Сэ… си цIыхугъэщ ар, — пцIы иупсащ МуIэед.
— А-а, мэ хъэлат, щIыхьэ.
ЩIалэ цIыкIур зыщIэлъ пэшым щIыхьащ МуIэед. Сабийр зэрылъ гъуэлъыпIэм бгъэдэст лIы гуэр. Ар и нэр къытемыкIыу еп-лъырт щIалэ цIыкIум.
— Дохутыр, дауэ щыт сабийр? — еупщIащ лIым МуIэед.
ЛIыр нэщхъейуэ щIалэ имыцIыхум къыхудэплъеящ.
— Сэ сыдохутыркъым, — жиIащ абы. — Сэ мы щIалэ цIыкIум сриадэщ. Хуабжьу хьэлъэщ иджыпстукIэ.
Бжэм адэкIэ лъэ макъ псынщIэ къыщыIури, пэшым къыщIэлъэдащ… Таужан. «Си щIалэ цIыкIу! Си Даут цIыкIу! Сыт къыпщыущI, си псэ закъуэ?» — гъырт ар, лъэгуажьэмыщхьэу гъуэлъыпIэм бгъэдэувауэ, сабийм и щхьэм телъэщIыхьурэ.
ЛIыр къэтэджри щхьэгъубжэм бгъэдэуващ, зымащIэрэ абы дэплъу щыта нэужь, къигъэзэжри Таужан зыхуигъэзащ:
— Умыгузавэ, щIэх хъужынущ. Дохутырыр еплъащ, зыхуей хуагъэзащ.
Таужан къызэфIэувэри, и нэпсхэр къелъэлъэхыу лIым еплъащ зытIэкIурэ, итIанэ и натIэр абы и бгъэм трилъхьэри зэщыджэу хуежьащ. ЛIыми, гумахэ къызэрыхъуар плъагъуу, абы и щхьэм гуапэу Iэ дилъащ.
МуIэед ищIэжыркъым сымаджэщым къызэрыщIэкIыжа щIыкIэр. Машинэм зри-дзэжри, жьыбгъэм къыдиха хуэдэ, къуажэм къыдэжыжащ.
КЪАГЪЫРМЭС Борис.
ЖыIэгъуэхэр
Зым къулыкъу зэрехьэ, адрейр къулыкъум зэрехьэ
ЩIэблэм уи гугъу щIищIын щIэныгъэрэ акъылрэ къыпщIэнмэ, уащыгъупщэркъым — тIури бын лIэужьыгъуэщ.
ЗэкIужыпхъэхэм пагагъэм зрагъэхьурэ зэфIокIуэдыпэ.
КъыщыпхуащIэIам и деж къехьэлъэкIыж тIэкIум фIыщIэри егъэкIуэдыж.
Узыщигъэхьэну къощэ щыIэнущ, кърипщыхьэжын щхьэкIэ.
Упсэуху дунейр кIыфI къыпщащIри, ахърэт нэхукIэ къыпхуоупсэж.
Iэпэдэгъэлэл: Iэмал зиIэр Iэмалыншэм зэрыхуагъакIуэ Iэмэпсымэщ.
Зым къулыкъу зэрехьэ, адрейр къулыкъум зэрехьэ.
Лъагъуныгъэм и кIэм уиплъэжмэ, и пэр сымылъэгъуами нэхъыфIти жыуигъэIэнщ.
БЕЙТЫГЪУЭН Сэфарбий.
ГушыIэ
Махъсымэ сиIатэмэ…
Хъуэжэ джэдхэр игъашхэу пщIантIэм здыдэтым, IэщэкIэ зэщIэузэда шу гуп бжыхьхэр иращIыкIыу, хьэхэр ягъэбанэу куэбжэмкIэ зэрыблэхащ. Я къуейщIеягъэм щхьэкIэ Хъуэжэ абыхэм къаригъэгъазэу яшхыдэну мурад ищIащ:
— Уэ-хьэ-хьэй, къэвгъазэ! Къэвмыгъазэмэ, фылIыгъэншэщ! — ящIэгуоуащ ар шухэм. Макъ пхъашэр щызэхахым, шухэм къагъэзащ.
АрщхьэкIэ, джэдым яхэт Хъуэжэ къыщилъагъум, къебгъэрыкIуэри зыр къыщIэкIиящ:
— СлIожь, лIыжь цIыкIу, укъыткIэлъыкIийуэ къыщIэдбгъэгъэзар?! Уи кIэ мафIэ щIэнамэ, къащтэ, пызупщIынщ! — жиIэу и къамэр къыщрипхъуэтым, Хъуэжэ щыкъун зэрылъа фалъэ фIейр ишийри:
— Хьэуэ, си щIалэхэ, мафIи къысщIэнакъым, мыбы из махъсымэ сиIатэмэ, фезгъэфэнт, фызэрыщIалэфIым щхьэкIэ жысIэри, къывэзгъэгъэзауэ арат, — жиIащ шынэжри.
КЪАРДЭНГЪУЩI Зырамыку.
Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр
Наполеон Бонапарт и дзэмрэ адыгэ мамлюкхэмрэ Назарет къалэм (Палестинэ) деж 1799 гъэм мэлыжьыхьым и 8-м щызозауэ. Сурэтыр Грос Антуан ищIащ. 1801 гъэ
Лъэпкъ шхыныгъуэхэр
Нартыху лэкъум
Нартыху хьэжыгъэр яухуэнщI, тепщэчышхуэм иракIутэ, шыгъу зыхэлъ псывэ хакIэурэ бэлагъкIэ япщ. Бахъэ пщтырыр ягъакIуэ, гуэдз хьэжыгъэ ухуэнщIа щIапщэ, итIанэ псы хуабэкIэ зэхэщIа пщагъэ хакIэри, зэхэзэрыхьыхукIэ япщ. Тепщэчым и щхьэр трапIэри, къэтэджын щхьэкIэ хуабапIэ ягъэув сыхьэти 2-3-кIэ.
Тебэм тхъу иралъхьэри къагъэплъ, абы хъурей пIащIэу ящIа нартыху лэкъумхэр иралъхьэри, тебащхьэр тепIауэ ягъажьэ. Зы лъэныкъуэр тхъуэплъ дахэ хъуа иужь, зэрагъэдзэкIри мыдрейри апхуэдэу ягъажьэ. Хуабэу яшх, шатэ, шху, шэ, къалмыкъ шей дэщIыгъуу.
Халъхьэхэр (цIыхуитху Iыхьэ): нартыху хьэжыгъэу — г 330-рэ, гуэдз хьэжыгъэу — г 260-рэ, пщагъэу — г 20, псывэу — г 570-рэ, пща-гъэр зэрагъэткIуну псыуэ — г 70, шыгъуу, тхъууэ — узыхуейм хуэдиз
Хугу хьэкъурт
Хугур зэхащыпыкI, тхъу зыщыхуа шыуаным иракIутэри, пэшхьэкум трагъэувэ, чымчыркIэ зэIащIэурэ тхъуэплъ дахэ хъухукIэ ягъэлыгъуэ. Шыуаныр пэшхьэкум къытрах, хугур ягъэупщIыIури, зэ-тIэу щIагъэпщ. Хугу гъэлыгъуа щIэгъэпщар щхьэлкIэ яхьэжри, кхъузанэ щабэкIэ тIэу-щэ яухуэнщIыж. Шхум хакIутэ, хьэкъурт IэшкIэ ящIри яшх. Хугу хьэкъуртыр шэрджэс зауэлIхэм я шхыныгъуэу щытащ.
«Адыгэ шхыныгъуэхэр»
тхылъым къитхыжащ.
Тхыгъэ кIэщIхэр
ЗыгъэкIуэдыфын щыIэкъым
ГъащIэр гъэщIэгъуэнщ! Дауэ хъуми, дауэ щIэми, гъащIэм хэкIыпIэ къегъуэт. Ар зыгъэкIуэдыфын къару щыIэкъым. Муслъымэн диным емызэгъыу зэрилъытэм къыхэкIкIэ, адыгэхэм сурэт ящIу щытакъым. Ауэ я гурылъхэмрэ я мурадхэмрэ мыкIуэдыжу дунейм къытрагъэнэн щхьэкIэ, алэ- рыбгъухэм, арджэнхэм, упщIэхэм сыт хуэдэ тхыпхъэ гъуэзэджэхэр тращIыхьу щыта! ДыщэрыдэкIэ сыт хуэдэ хэдыкI гъуэзэджэхэр ящIу щыта! Тэрэфарэ дахэу, зэщIэпщIыпщIэжу, зэщIэлыдэжу дарий бостейхэмрэ дыщэ пыIэхэмрэ хадыкIырт. Шылэхъархэм сыт хуэдэ тхыпхъэ дахэ хащIыхьрэт. Кистрэ краскэкIэ ящIыну зыхуимытыр мастэрэ IуданэкIэ хадыкIырт.
Къуршхэр зыхуэдэр пщIэну ухуеймэ…
Джылахъстэней Арыкъым укъытету ущыплъэкIэ, дыжьыныфэу зэщIэцIууэж Кавказ къуршыжьхэр уи нэм елъагъу. Иныжь IэпщIэлъапщIэ бэлыхь гуэрым ар IэкIуэлъакIуэ дыдэу, зы лей химылъхьэу, хилъхьэни къимыгъанэу иригъэувэкIауэ псори и пIэм иту, псори дахэу икIи зэкIужу къыпфIощI.
Аузым удыхьэрэ а къурш дыдэм уеплъыпэмэ, уи нэм илъагъур зыр адрейм ипIытIу зэхэт къуршыжьхэмрэ бгы нэпкъ задэхэмрэщ.
Къуршхэр зыхуэдэр зэбгъэщIэну ухуеймэ, жыжьэу — Джылахъстэней Арыкъым укъытету, гъунэгъууи — Балъкъэр аузым удэту бгы лъабжьэм ущIэту, къуршыщхьэм утету уеплъын хуейщ.
Дэтхэнэ зы Iуэхуми апхуэдэ дыдэущ узэрыбгъэдыхьэн хуейр. Къэхъуа-къэщIа гуэрыр зищIысыр къыбгурыIуэн щхьэкIэ, а Iуэхум и къекIуэкIыкIари, иджы ар зэрыщыт щIыкIэри, япэкIэ абы узыхуишэнури пщIэн хуейщ.
ТЕУНЭ Хьэчим.
Псалъэзэблэдз
ЕкIуэкIыу: 5. ЩакIуэ здэщыIэм Андемыркъан пщышхуэм йоупщI: «Беслъэней пцIапцIэу гурышэ, си шэм и кIуэкIэр уигу …?» 7. УнафэщIым кIэщIэлъадэ-кIэщIэжыж. 9. Бжьэхэм я фо зэхуэхьэсыпIэ. 11. … и жапIэр езым къегъуэтыж. 12. ГъущI хужьыфэ-дыжьыныфэ щабэ: жэзым, гъуаплъэм къыхэщIыкIа хьэкъущыкъухэр ирадыжу щытащ. 14. ПшахъуэщI. 15. Адыгэ композитор Iэзэу щыта. 16. Джэдкъаз. 17. Дэрбзэр хьэпшып. 18. «Щауэ … » — адыгэ уэрэдыжь. 19. Банэ зытет удз баринэ лIэужьыгъуэ. Бжьыхьэм и лъабжьэр мэфри жьым кърехьэкI. 21. ЩIы къиуда. 23. Ди лъэпкъэгъу, Къэрал Думэм и депутат. 27. Блэм и бзэгу. 28. Къэбэрдей-Балъкъэрым къеблагъэ хьэщIэхэм я нэхъыбэм ди щIыпIэ дахэр … щIыналъэу ябж. 31. ЩIалэ плIэшхуэ. 32. ПхъащIэ Iэмэпсымэ. 33. Iэщэ. 36. Ахын (тенджыз ФIыцIэ) Iуфэ Iут къалэ-курорт. 39. Си щхьэгъусэр жейнэдщ, … хъухункIэ хэлъщ. 41. Щыгъын. 42. Зи … исым и уэрэд жеIэ. 43. ФIы дыдэу еджэм ар хуагъэув хабзэщ. 44. Адыгэ къэфэкIэ. 46. Iуащхьэм, бгым я бгъуэщI. 47. Махъсымэм щIэтIысыкI. 48. Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ. 49. Къэгубжьауэ нэгъуэщI унагъуэ зэрахэлъадэм апхуэдэу йоджэ.
Къехыу: 1. Японием атом бомбэ щрезыгъэдзыха, Рузвельт иужькIэ США-м и президенту щыта. 2. ЗрагъэщIэрэщIэн хьисэпкIэ цIыхубзхэм зыкIэралъхьэ хьэпшып цIыкIу. 3. Ажалыр … нэхърэ нэхъ благъэщ. 4. Бжэ хэлъыпIэу блыным хуащI гъуанэ. 6. НапIэзыпIэ. 8. И узыфэм цIыхур зэреIэзэ хьэмбылу лIэужьыгъуэ. 10. Псым хэс псэущхьэ цIыкIу, лъакъуэ куэд щIэту. 13. Адыгэш къабзэ. 14. Къэбым … кIыхь едз. 20. ЛэжьакIуэжьым и Iэгум трищIэ фэ Iув пхъашэ. 22. Египетым адыгэхэр зэреджэр. 24. Уэс зэратхъу. 25. Къуалэбзу цIыкIу. 26. Пасэрей зэрыпыджэ Iэщэ пэ папцIэ. 29. Дурэш, къуагъ. 30. Псыр, шэр къыщагъэкъуалъэкIэ, и щхьэм къищI бырыб. 34. Анэкъилъху. 35. Хуит щIы закъуэ — зигъафIэу пIэкум исынущ, щхьэнтэм тесынущ. 37. Зи тхьэмпэхэр бжьыхьэм дыщафэу гъуэжь хъу жыг пхъафэ хужь. 38. ЦIыхубзхэм зэрызагъэдахэ хьэпшып цIыкIу. 40. Адакъэм и лъэпхъуамбэ лей, лъэбжьанэ пыту. 43. IэщIэвыщIэ. 45. Щыгъын.
Зэхэзылъхьар МЫЗ Ахьмэдщ.
ШыщхьэуIум и 17-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
ЕкIуэкIыу: 9. Дыгъужь. 10. Брут. 11. КIарц. 12. Ерэн. 13. Фэнд. 14. Оман. 17. Хьэпс. 18. Гъудэ. 19. Тебэ. 20. Пхъэ. 23. Пхъы. 24. Дзыбэ. 25. Бжэгъу. 30. Къауц. 32. ХьэмфIанэ. 33. Псей. 34. Бзий. 35. Щхьэгъубжэ. 38. Щыкъун. 43. Налъэ. 44. Урыху. 47. Акъужь. 48. Хъар. 49. Уэркъ. 51. Мэкъу. 53. Хасэ. 54. Хъудыр. 55. Дзапэ. 56. Мажьэ. 58. Куржы. 60. Губгъуэ. 61. Къулыкъу.
Къехыу: 1. ХьэкIэзэпх. 2. Шыр. 3. Дыщэпс. 4. Бжьэдыгъу. 5. Гъубжокъуэ. 6. Жумарт. 7. КIыр. 8. Тенэркъым. 15. Тхьэм. 16. Жэпкъ. 21. Абгъуэ. 22. Бжэн. 24. Дзэ. 26. Гъуо. 27. Лъабзэ. 28. ГуфIэгъуэ. 29. Зеикъуэ. 31. Цей 33. Пэщ. 36. Хьэлъкъ. 37. Журт. 39. Хъун. 40. Шху. 41. Къагъырмэс. 42. Ежьужь. 45. Пхъэр. 46. Гурэ-пкIырэ. 50. Къэдабэ. 51. Мэрзэхъу. 52. Къуэдзокъуэ. 53. Хэплъыхь. 57. Жьей. 59. Рим.
Псалъэжьхэр
Зегъэуби, уи бын пIыж.
Зэкъуэш псори зы анэ къилъхуркъым.
Къуаргърэ пэт, и шырым «хужь цIыкIукIэ» йоджэ .
Къуэр напщIэщ, пхъур набдзэщ.
Малъхъэр хъумэ — къанщ, мыхъумэ — шыдщ.
Нысэ Iейм унафэр унэм ирех.
Зегъэуби, уи бын пIыж.
Удэхуэха нэужь бгъуэтыжыр ныбжьэгъущ.
Узэрымылъагъуу IэфI щыIэкъым.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "30967.txt"
} |
Кипр республикэм и премьер-министр Сибер Сибел
Адыгэхэр Хэкужьым щрахум, ахэр зракIута кхъухь фейцеижьищым языр Кипрым и Iэгъуэблагъэм щыщIилъэфауэ щытащ. Къелахэм я щIэблэр Кипрым щопсэу Шэрджэс унэцIэ зыфIащыжауэ. Нобэр къыздэсым къэмыхъуауэ, Кипр Ищхъэрэ Тырку республикэм премьер-министр къулыкъур бзылъхугъэм щыхуагъэфэщащ. Ар зи гугъу тщIы ди лъэпкъэгъухэм, 1864 гъэм Хэкум иIэпхъукIахэм, къатепщIыкIа адыгэ цIыхубз Iущ Сибер (Шэрджэс) Сибелщ.
Хэту пIэрэ Сибер Сибелыр?
Премьер-министр Шэрджэс Сибел. И инагъкIэ Кипрыр хы Хужьым хэт хытIыгухэм я ещанэщ. 1974 гъэм щегъэжьауэ Тыркумрэ Алыджымрэ зэпаубыда къэралыр тIу иращIыкIащ: ищхъэрэ лъэныкъуэр — абы хытIыгум и Iыхьэ 37-р къеубыд — Тыркум къылъысащ; ипщэр Алыджым щыщ хъуащ. Зи гугъу тщIы хытIыгум и ищхъэрэ Iыхьэр езы Тырку республикэм фIэкIа нэгъуэщI къэралхэм къамылъытэми, зыхуей хуэзауэ цIыхухэр щопсэу. Политикэ и лъэныкъуэкIэ парт зэмылIэужьыгъуэхэр зэныкъуэкъу щыхъум, президент Эроглу Деруиш парт пэрытым къыпэщIэтхэм (оппозицэм) язым и лIыкIуэ Сибер Сибел иригъэблагъэри, пIалъэкIэ премьер-министр IэнатIэм тригъэуващ. Дзыхь къыхуащIу апхуэдэ IэнатIэ ин къызэрыратам папщIэ фIыщIэ зэрищIыр щыжиIэм, Сибел псалъэ итащ къыхуащIа щIыхьым хуэфащэу лэжьэну, лъэпкъым а Iуэхур хуэмахуэнуи ехъуэхъуащ.
«Кипр Ищхъэрэм и уэрамхэр цIыхухэм нэжэгужэу къыщакIухь къэрал сщIынырщ си плъапIэр, — къажриIащ журналистхэм Сибер Сибел IэнатIэм щыпэрыхьа махуэм. — ЦIыху къэси гугъапIэ иIэщ, зыгуэрхэм йохъуапсэ. Сэри си хъуэпсапIэхэм язт премьер-министр сыхъуныр. Сыту жыпIэмэ, абы цIыхухэм я псэукIэм зыкъебгъэIэтыну, тхъэгъуэ, гурыфIыгъуэ ебгъэгъуэтыну гуащIэ къыпхелъхьэ, Iэмали къует. Кипрым ис бзылъхугъэхэр цIыхухъухэм къакIэрымыхуу фIыуэ йоджэ, ауэ цIыхубэ гъащIэм ар нэрылъагъуу къыхэщыркъым. Псалъэм папщIэ, нэрыбгэ щэ ныкъуэ хъу ди парламентым зы бзылъхугъи хэткъым, цIыхубз зи пашэ зы парти диIэкъым. Апхуэдэурэ ахэр политикэм щоужыпэ. Премьер-министру сызэрагъэувам цIыхубзхэр къигъэгушхуэжащ. IэнатIэр зэрысIыгъынур пIалъэ кIэщIми, политикэ IуэхукIэ бзылъхугъэхэм уащыгугъ зэрыхъунур цIыхухэм езгъэлъагъуну сыхуейщ».
Кипр Ищхъэрэм и президент Эроглу Деруишрэ Сибер (Шэрджэс) Сибелрэ.2013 гъэ
Сибел 1960 гъэм Лефкошэ, Кипр Ищхъэрэм и къалащхьэм, къыщалъхуащ. 1983 гъэм дохутыр IэщIагъэм хуэфащэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ Истамбыл щызригъэгъуэтащ. 1984 гъэм а IэщIагъэ дыдэр зиIэ Сибер Рифат, Лефкошэ дэт къэрал сымаджэщым и дохутыр нэхъыщхьэм, унагъуэ диухуащ. Зэщхьэгъусэхэм бынитI зэдапI: экономикэм хуеджа Шумэррэ юрист факультетым щIэс Айсел пщащэмрэ.
1989 гъэм Сибел Вирджиние университетым (США) фошыгъу узым, 2000 гъэм — Чикагэ Руш университетым хуэ-лыпцIэ (ревматизм) узыр зэрагъэхъужым щыхуеджащ. Сибел дохутырым и мызакъуэу икIи журналистщ, ар Кипрым къыщыдэкI газетхэм язым щылэжьащ, и эссехэр зэрыхуа «Си пщыхьэпIэхэмрэ си гупсысэхэмрэ» тхылъыр 2011 гъэм къыдигъэкIащ. Сибел и IэдакъэщIэкIхэм къыхэтха пычыгъуэхэм ящыщу адэкIэ къэтхьым шэч лъэпкъи къагъэнэжыркъым ар зэрыадыгэмкIэ.
Хъуажь Фахъри.
«Си пщыхьэпIэхэмрэ си гупсысэхэмрэ»
Тхылъым щыщ пычыгъуэхэр
Тремешерэ ди лъапсэмрэ
Тремеше жыхуаIэр си сабиигъуэм и гукъинэж дахэхэр щекIуэкIауэ псэм пэсщI си къуажэрщ. Си адэр IэнатIэщIэ кърату Лефкошэ щагъэкIуа 1972 гъэм къыщыщIэдзауэ абы сыщыпсэуащ.
Къуажэдэсхэм сыт хуэдэ хьэл-щэн ябгъэдэлъ жыпIэмэ, дэтхэнэ зыри щIэуэ къежьэм ягу яхузэIухауэ зэрыщытырт. Къуажэр и къэхьэуэ ефапIэхэмкIэ цIэрыIуэт. Къэхьэуэгъавэ «ди анэш МэхьмэткIэ» зэджэм пшахъуэ пщтырым къэхьэуэ кIэрисхьа щигъавэу хьэкум кIэрыт зэпытт. Къуажэм дэс алыджхэр бжыгъэкIэ нэхъыбэми, псоми фIы дыдэу тыркубзэ ящIэрт, къуажэкум ит къэхьэуэ ефапIэхэм емызэшу къекIуалIэрт. Абыхэм щагъавэ къэхьэуэхэрат узэфэну зыхуэфащэр, абдеж къыщауэршэрри гъэщIэгъуэнт.
Си адэм и лъэныкъуэкIэ сэри Тремешем сыщыщщ. Си адэм и анэшхуэр, абы дызэреджэр нанэжьт, лъапсэкIэ адыгэт. Лъэпкъыр и щIыналъэм къыщрахуа адыгэм я Iэпхъуэшхуэм абы и анэр хъыджэбз цIыкIуу хиубыдащ. И адэ-анэр и гъусэу пщащэ цIыкIур «кхъаблэ ескIэ» (цIыхухэр зракIута кхъухьхэм илIыхьу ахэр кхъаблэ е бэн щахуэхъуж къэхъурт), зэджэ кхъухьхэм язым ирагъэтIысхьэри япэщIыкIэ Уэсмэн щIыналъэм, итIанэ Кипр хытIыгум ягъэIэпхъуат. Хъыджэбз цIыкIум и анэр, адрей куэдым хуэдэу, узымрэ гъаблэмрэ щызэхыхьэжа кхъухьым илIыхьри, хым хадзэжащ… Къела тIэкIур Кипрым и щIыпIэ зэпэщхьэхуэхэм ирагъэтIысхьащ.
ЩIыхь зыхуэсщI къэхутакIуэ ФедаIи Хьарид дэфтэрхэр и тегъэщIапIэу къиIуэтэжу зэхэсхащ: адыгэхэр къызэритIысхьар я гуапэ хъуатэкъым Кипрым щыпсэухэм. Ар нэхъ къызыхэкIри экономикэрт. ЩIакхъуэм и уасэм тIукIэ хэхъуа нэужь, чыристани муслъымэни зэхыхьэри тхьэмадэм елъэIуащ абы адэкIэ хытIыгум зыри кърамыгъэхьэжыну. Кипр къэкIуа адыгэхэр IэпкълъэпкъкIэ зэрыбыдэм, зэрылъэщхэм нэмыщI, лIыгъэшхуэ зыхэлъ цIыху зэпIэзэрытхэт. Я цIыхубзхэр дахэт, губзыгъэт, нэгъуэщIым щымыгугъыу IэпщIэлъапщIэхэт. Я щIакхъуэ Iыхьэ мывэм къыхахыфу лэжьакIуэ жанхэт. Си нанэжь си нэгум къыщыщIэувэжкIэ, а псори зэрыпэжым щыхьэт сытохъуэ.
Си адыгэ нанэжьри хым хадзэжат
Си анэр хуабжьу бзылъхугъэ дахэт. Ерагъыущ си нэгу къызэрыщIэувэжыр. ЦIыхубз псыгъуэ лъагэт, и нэшхуэхэр удзыфэу. И щхьэц фIыцIэ кIыхьыр и бгым нэсырт.
Адрей я лъэпкъэгъухэм хуэдэу, адыгэ лъэпкъ Iэпхъуэшхуэм хиубыда си адэ-анэр зэрыс кхъуафэр я нэгу къыщIэмыхьа гъащIэ кIыфIт зыхуэкIуэр. Я лъапси, я гъащIи, яIа псори къагъанэри Хэкужьыр ябгынат абыхэм. Гугъуехь куэд дыдэ ягъэунэхуами, я гугъэр ягъэкIуэдыртэкъым, гугъэр бгъэкIуэдынымрэ улIэпэнымрэ зыуэ зэрыщытыр ящIэрти. Хы гъунэншэм хэсыхьхэурэ ямыцIыху гъащIэм здыхуэкIуэм, ахэр зэрыс кхъухьым уз бзаджэ къиуащ, гъаблэм ищтахэм лIэныгъэри къещэу.
Адыгэхэм хэкур зэрабгынар, и анэм и лIэкIэ хъуар къыщиIуэтэжкIэ, си анэм и нэхэр зэплъым тедиерт. «ИлъэсиплI фIэкIа сыхъуртэкъым, ауэ сощIэж ар псым зэрыхадзар. И щхьэц фIыцIэ кIыхьышхуэр хы толъкъунышхуэм щыбырыбырт. Нэм имылъагъужыхункIэ кIэлъыплъащ кхъухьырысхэр хьэдэпкъ псэншэм. Си шыпхъумрэ сэрэ ди адэм и куэщIым дису дызэрыгуIар зэи сщыгъупщэркъым. Сыгъырт, ауэ губжьми сиIыгът, зысIэту: «Сыт си анэр хым щIыхэвдзар?» — жысIэу псоми сапэувыну сыхьэзыру».
Сабий щхьэкIэ, и нэгум щIэкIа гуауэм я нэхъ иныр мыкIыжын уIэгъэу къытенат и псэм. И адэм и IэплIэм ису щIым къызэреувэхари ищIэжырт. Зы унагъуэу зытехьа гъуэгуанэм анэншэ ибэу ирикIуат. Ауэ сыт хуэдэ гугъуехь пэщIэмыхуами, гугъэр ямыгъэкIуэду я Хэкужьым зыкIи емыщхь хытIыгу цIыкIум гъащIэм щыпащэну хуежьащ зэшыпхъу цIыкIуитIымрэ я адэмрэ.
Адыгэхэр я Хэкужьым къызэрырахуар тхыдэм и зы Iыхьэщ, гуауэрэ гузэвэгъуэкIэ гъэнщIауэ. Урыс пащтыхьым и унафэкIэ лъапсэншэ, хэкуншэ хъуахэр илъэс кIыхь IэджэкIэ къимыкIуэту гугъуехьым пэщIэтахэщ.
«ГущIэгъуншэу зауэ мэхъаджэт. Адыгэ къуажэ щэ бжыгъэхэм мафIэ лыгъейр ирадзат. Щытеуэ хабзэр жэщыбг нэужьрат. Урыс зауэлIхэм адыгэхэм иращIылIа хьэзабыр нэсу къиIуэтэжыну зы репортёри тегушхуэртэкъым», — ятхыжащ урыс классикхэм.
1864 гъэм Хэкужьым кърахуа адыгэхэу зи бжыгъэр мелуаным щIигъум зи IэплIэ къахузэIузыха Уэсмэн щIыналъэм щагъэтIысыну кхъухькIэ гъуэгуанэ трагъэхьащ. Абыхэм ящыщу и зэхуэдитIрат здэкIуэм нэсыфыр, и ныкъуэр гъуэгум щакIэрыхурт.
Кхъухьым итIысхьэфахэр уз зэрыцIалэм къелмэ, гъаблэм «и Iэбжьанэр» къахиукIэрт. «Ихуэнум нэхърэ куэдкIэ нэхъыбэ цIыху зракIута, бэн ес хъужа кхъухьхэм ящыщу дапщэ хым щIилъэфами ящIэркъым», — етхыж къэхутакIуэ Пинсон.
Кипр щыIэ адыгэхэм я адэшхуэхэр къэзыша кхъухьхэр япэщIыкIэ Самсун, абы и ужькIэ Истамбыл, итIанэ Кипр кIуэну гъуэгу къыщытрагъэхьар 1864 гъэм шыщхьэуIум и 22-нэ махуэрт. А кхъухьищым цIыху 2346-рэ ист. Тхьэмахуэ бжыгъэкIэ гъуэгу здытетым, узымрэ гъаблэмрэ миным нэблэгъэн нэрыбгэ илIыкIащ. Кхъухьым щылIэхэр зыхадзэ хым къыхидзыжа хьэдэпкъ Iуплъэгъуейхэм хытIыгу Iуфэр яуфэбгъуат. Инджылыз консул Ланг етхыж: «Зы кхъухьым зы махуэм къриубыдэу цIыху 30-50 илIыхьырт. МылIэу къанэхэри хьэдэ пэлъытэт».
КъызэрабжамкIэ, нэрыбгэ 1362-р Ларнакэм нэсыфат, абыхэм ящыщу 826-р сымаджэт, 19-р хьэдэт.
УвыIэпIэ яхуэхъунур зэхагъэкIыху, кхъухь тедзапIэм тесхэми яхэлIыкIырт. А лъэхъэнэм къриубыдэу хьэди 150-рэ хуэдиз Ларнакэ щагъэсауэ къаIуэтэж.
Адыгэхэр Хэкум къыщрахуам вэгъуэ мазэт. А мазэр къэсыху си гум къыфIонэ гъуэгуанэм текIуэдахэр, щхьэц фIыцIэ дахэшхуэ зытелъу щыта си адыгэ нанэжьу хым хадзэжар, гъащIэм пызыщэфахэр, мы хытIыгум лъапсэ щызыухуэфахэр. Зи блэкIар гуауэ защIэкIэ гъэнщIа ди адэшхуэхэм сыт хуэдиз гугъуехь ямыгъэвами, мы щIы кIапэм Iэбжьанэ-лъэбжьанэкIэ зыхаукIэри хэку зыхуащIащ, дэри ар щIэину къытхуагъэнащ.
Ди гугъэр дгъэкIуэдмэ, абыхэм депцIыжу, ди щхьи дымыгъэпэжу аращ. Мыр зэи зыщыдвмыгъэгъупщэ!
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "30972.txt"
} |
Къумахуэ Мухьэдин хузэфIэкIар
ЩIэныгъэлI гъуэзэджэ, филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор Къумахуэ Мухьэдин Iэбубэчыр и къуэм и фэеплъ пшыхь иджыблагъэ щызэхэтащ Лъэпкъ библиотекэм. Зэхыхьэр къызэIуихащ икIи иригъэкIуэкIащ библиотекэм и унафэщI профессор Емуз Анатолэ.
Адыгэ лъэпкъым, ди еджагъэшхуэхэм куэд къахэкIакъым бзэ щIэныгъэмрэ лъэпкъ щIэнгъуазэмрэ Къумахуэ Мухьэдин хуищIыфа хэлъхьэныгъэм хуэдиз зыхузэфIэкIа. Къумахуэр Естественнэ щIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием, Куржым щIэныгъэхэмкIэ и Академием хэтащ, Лунд (Швецием) щыIэ университетымрэ Тбилиси къэрал университетымрэ щIыхь зиIэ я докторт.
Ди жагъуэ зэрыхъунщи, а цIыху гуащIафIэр нобэ къытхэтыжкъым. Псэужамэ, щIэныгъэлIыр мы гъэм илъэс 85-рэ ирикъунут. Аращ нэхъыбэу зытеухуауэ щытар Лъэпкъ библиотекэм и лъахэхутэ къудамэм игъэхьэзыра тхылъ-гъэлъэгъуэныгъэр. Абы къыщыхьат щIэныгъэлIым и лэжьыгъэ нэхъ купщIафIэхэр. Апхуэдэхэт адыгэбзэхэм я псалъэхэм зэрызахъуэжым, IуэрыIуатэбзэм гъэщIэгъуэну хэтым, убыхыбзэм теухуахэр. Иужьрейр зэрыкIуэдыжам щIэныгъэлIыр игъэпIейтейуэ зэрыщытам и щыхьэтщ лэжьыгъэ куэд абы триухуауэ зэрыщытар. Абы и махуэр адыгэбзэм къыхуэмыкIуэн папщIэ Къумахуэм хузэфIэкI къигъэнакъым.
Емуз Анатолэ къыхигъэщащ Мухьэдин кавказыбзэхэр иджу, абыхэм ятеухуауэ хамэ къэрал еджагъэшхуэхэми ядэлажьэу зэрыщытар. Апхуэдэу Лунд университетым «Дополнительные конструкции в кабардинском языке» монографиер, Мальмё университетым — «Эргативность в черкесских языках» щIэныгъэ лэжьыгъэр къыщыдигъэкIыгъат.
ЗэIущIэм кърихьэлIахэу Гъут Iэдэм, БищIо Борис, КIуэкIуэ Жэмалдин, БакIуу Хъанджэрий, Къумахуэ Владимир сымэ зыжьэу жаIащ Къумахуэ Мухьэдин сыт и лъэныкъуэкIи цIыху зэпIэзэрыту, лэжьыгъэм хуэIэижьу зэрыщытар. ПцIы хэмылъуи, абы и IэдакъэщIэкIхэм бзэм и нобэрей щытыкIэм и мызакъуэу, абы къикIуа гъуэгуанэри, къыпэплъэри щызэпкърихырт. Аращ а тхыгъэхэм, тхылъхэм мы зэманым пщIэшхуэ щIыхуащIыр, ахэр дунейпсо щIэныгъэм и хэлъхьэныгъэшхуэу къыщIалъытэр.
Тхыгъэри сурэтри БЕЗЫР Ленэ ейщ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "30979.txt"
} |
Рио-де-Жанейрэ макIуэ
Бразилием и Рио-де-Жанейро къалэм шыщхьэуIум и 26-м щыщIэдзауэ фокIадэм 1 пщIондэ щекIуэкIыну дунейпсо чемпионатым хэтынущ Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменищ.
Килограмм 60 зи хьэлъагъхэм я деж и зэфIэкI щигъэлъэгъуэнущ Рудольф Бабоян и гъэсэн, дзюдомкIэ дунейпсо класс зиIэ, спортым и мастер, 2010 гъэм дзюдомкIэ дунейпсо Кубокым щытекIуа, 2011 гъэм дунейпсо Кубокым дыжьын медаль къыщызыхьа Мудрэн Беслъэн. СпортымкIэ мастерым и дунейпсо класс зиIэ, 2007 гъэм дзюдомкIэ Европэ чемпионатым жэз медаль къыщызыхьа Джэданэ Алим килограмм 66-рэ зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм хэтынущ. Спортсменым зегъасэ тренер лъэщхэу Сэралъп Олегрэ Хъупсырокъуэ Мурадрэ я нэIэм щIэту. Ди лIыкIуэхэм я ещанэщ Ким Руслан и гъэсэн, Европэм и вице-чемпион Къуэдзокъуэ Мурат (кг73-рэ).
Бразилием щекIуэкIыну чемпионатым иджы етIуанэу щызэхагъэхьэ зи закъуэу, гупу банэхэм я зэхьэзэхуэр. Ар а спорт лIэужьыгъуэмкIэ командэ зэхьэзэхуэхэр гъэмахуэ Олимп джэгухэм я программэм хагъэхьэнымкIэ сэбэп хъуну щогугъ.
Урысейм и цIыхухъу командэ къыхэхар пашэу Дунейпсо чемпионатым макIуэ — Лондон щекIуэкIа Олимпиадэм урысейм и гупым медаль нэхъыбэ къыщихьауэ щытащ.
Батыр Марьянэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "30983.txt"
} |
Я джэгукIэм къыпокIуэ
Мы махуэхэм Бахъсэн щIыналъэм наIуэ щыхъуащ футболымкIэ хьэблэ командэхэм я зэхьэзэхуэм хиубыдэу КъБР-м Спортымрэ туризмэмкIэ и министерствэм къыбгъэдэкI спорт площадкэхэр зылъысынухэр.
Куба, Бахъсэненкэ къуажэхэм я футболист ныбжьыщIэхэм я текIуэныгъэм къыпэкIуэу мыгувэу пщIантIэхэм худагъэувэнущ спорт Iэмэпсымэ зэмылIэужьыгъуэхэр.
ЕтIуанэ увыпIэхэр къэзыхьа Кыщпэк, Куба къуажэхэм (нэхъыщIэ гуп) уэрам теннис стIолхэр, Ислъэмейрэ Хьэтохъущыкъуейрэ — футбол топхэр яIэрыхьэнущ.
КIэух зэхьэзэхуэхэм кIэлъыплъащ КъБР-м спортымрэ туризмэмкIэ и министерствэм физкультурэмрэ цIыхубэ спортымрэ зегъэужьынымкIэ и къудамэм и унафэщI Анаев Аслъэн, «Урысей зэкъуэт» партым и щIыналъэ къудамэм и унафэщI ДыщэкI Жаннэ, Бахъсэн районым спортымкIэ и комитетым и тхьэмадэ Гузий Мухьэмэд сымэ.
— А ныбжьыщIэхэр я командэм и мызакъуэу, я къуажэм щхьэкIи джэгуащ. Абыхэм я фIыщIэкIэ районым спортым зыщеужь, — къыджиIащ Анаев Аслъэн.
ФутболымкIэ хьэблэ командэхэм я зэхьэзэхуэм спортсмен 1160-рэ къызэщIэзыубыдэ командэ 58-рэ хэтащ.
АЛОКЪУЭ Аринэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "30985.txt"
} |
Республикэм щынэхъ бжыгъэфIщ
Дзэлыкъуэ район администрацэм мэкъумэш хозяйствэмкIэ и къудамэм и унафэщI Бэрзэдж Ризуан къызэрыджиIамкIэ, куейм и гъавэгъэкIхэм хьэцэпэцэр яхуэбэгъуащ. Бжьыхьэсэ гуэдзым гектарым ику иту центнер 50-м нэблагъэ къыщIаIукIащ. Мэкъумэш щIапIэхэм я Iыхьэ щанэр а къэкIыгъэм хухахауэ щытащ. Районым ику иту гектарым къыщытрахар центнер 45-м и кIэ къихуэнукъым. Ар республикэм щынэхъ бжыгъэфIщ.
ЕхъулIэныгъэр кърикIуащ жылапхъэфIхэр («Васса», «Лебедь», «Скарбница», «Самурай») и чэзум зэрагъэхьэзырам, губгъуэ лэжьыгъэхэр агротехникэм и пIалъэ нэ-хъыфIым къитIасэу зэрырагъэкIуэкIам, щIыгъэпшэрхэмкIэ, химие IэмалхэмкIэ зэрегугъуам. Абы и фIыгъэкIэ, хьэсэ щхьэхуэхэм центнер 70-м щIигъу къатащ.
Бжьыхьэсэ, гъатхасэ хьэм, зэрызэкIэлъыкIуэм хуэдэу, ику иту гектарым центнер 40-м, 35-м, зэнтхъым центнер 40-м нэблагъэ къытрахащ. «Малкэ Ипщэ» СХПК-м тритикале къэкIыгъэм (хьэпцIий-гуэдз гибридщ) гектарым хуэзэу центнер 54-рэ къыщIаIукIащ.
Мы зэманым хьэуазэр къраш, щIыр бжьыхьэвэм хуагъэхьэзыр.
Бжьахъуэ Маринетэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "30989.txt"
} |
Хьэпшыпуи ерыскъыпхъэуи ящэм хохъуэ
Илъэсыр къызэрыунэхурэ розницэ сатум и IэнатIэм щызэблагъэкIар сом мелард 44,8-рэ и уасэ мэхъу. Ар 2012 гъэм и апхуэдэ лъэхъэнэм елъытауэ проценти 103,6-м щIегъу, къыджиIащ КъБР-м Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм макроэкономикэмкIэ и къудамэм и IэщIагъэлI-эксперт нэхъыщхьэ Къер Залинэ.
Илъэс зыбжанэ лъандэрэ къызэрекIуэкIым хуэдэу, мы лъэхъэнэми яща товар псоми ящыщу хьэпшыпхэр нэхъыбэу (процент 52,4-рэ) щытащ, ерыскъыпхъэхэм нэхърэ (процент 47,6-рэ).
Розницэ сатум и процент 69,1-р къызэрагъэпэщащ сатуущI организацэхэмрэ бэзэрхэм щымылажьэ щхьэзакъуэ хьэрычэтыщIэхэмрэ. Розницэ сатум и процент 30,9-р бэзэрхэмрэ жармыкIэхэмрэ къызэрагъэпэщащ. 2013 гъэм и щIышылэ — бадзэуэгъуэ мазэхэм къриубыдэу ерыскъыпхъэу, псы зэмылIэужьыгъуэу, тутынхэкIыу проценти 3,2-кIэ, хьэпшып зэмылIэужьыгъуэу проценти 4-кIэ нэхъыбэ ящащ блэкIа илъэсым и апхуэдэ лъэхъэнэм елъытауэ.
Къэрэщей Элеонорэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "30991.txt"
} |
Улахуэм къыщIэкIыр нэхъыбэ мэхъу
2013 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм республикэм ику иту лэжьапщIэу сом 17293-рэ щатащ, нэгъуэщIу жыпIэмэ илъэс кIуам и апхуэдэ лъэхъэнэм елъытауэ процент 15,4-кIэ хэхъуащ. Хьэпшыпхэмрэ ерыскъыпхъэхэмри а зэманым къриубыдэу нэхъ лъапIэ зэрыхъуар къэплъытэмэ, цIыхум иджы ику иту къыIэрыхьэ улахуэм проценти 5,9-кIэ нэхъыбэ къыщIокI.
КъБР-м Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм къызэритымкIэ, а лъэхъэнэ дыдэм къриубыдэу цIыхухэм пщIэкIэ Iуэхутхьэбзэу хуащIащ сом мелард 11,45-рэ и уасэ (нэгъабэ елъытауэ проценти 105,4-рэ).
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "30993.txt"
} |
«Этана»-м итIанэ сыт игъэхъэнур?
Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и инвестицэ проект нэхъ ин дыдэр Май районым щагъэзащIэ. Абы щаухуэ полимер къабзэхэм щелэжьыну «Этана» заводыр.
Предприятэр зэтеувэху Май районымрэ республикэм и адрей щIыпIэхэмрэ щыщу цIыху 400-м нэблагъэм IэнатIэ ягъуэтынущ. Заводыр ирагъажьэмэ, лэжьакIуэ минищым нэс къащтэнущ.
Предприятэм и унафэщI Iэщын Сергей а щIыпIэр зыхуэзэ Октябрьскэ къуажэм мылъкукIэ зыщIегъакъуэ. «Этана»-м хухиха ахъшэмкIэ къуажэкум хуэзэ цIыху зэпрыкIыпIэм уэздыгъэ щыфIадзащ, баннерхэр хащIыхьащ, сабий зекIуапIэхэм гъуэгу дамыгъэхэр щагъэуващ.
Республикэм кIуэцIрыкI автомобиль гъуэгур жылагъуэм зэрыхуэзэм къыхэкIыу, цIыхухэм я шынагъуэншагъэр къызэрагъэпэщын мурадкIэ, хуабжьагъыр зэтезыIыгъэ лъэпо-щхьэпо IэрыщIхэр хащIыхьынущ. Зыхуей мылъкур ТранспортымкIэ, связымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ министерствэм хухихащ.
Юрченкэ Наталье.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "30996.txt"
} |
НэгузегъэужьыпIэ ящI
Белгород къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ «Къуажэ туризмэр Урысейм» зыфIаща етIуанэ дунейпсо форумыр. Абы хэтыну зэрыхуейм теухуа хъыбарыр Интернетым езым щиIэ блогым нэхъ пасэу щритхат Бахъсэн куей администрацэм и унафэщI Сыжажэ Хьэсэн.
УФ-м и щIыналъэу 36-м, Польшэм, Чехием, Румынием, Эстонием, Украинэм, Белоруссием, нэгъуэщI къэралхэми къикIа лIыкIуэхэр тепсэлъыхьащ мэкъумэш туризмэм зегъэужьынымкIэ хэкIыпIэу щыIэхэм, — жеIэ Сыжажэ Хьэсэн. — Зэхыхьэм къыщызэIуаха гъэлъэгъуэныгъэм къыщыпщэху хъурт цIыху IэпщIэлъапщIэхэм я IэдакъэщIэкIхэр. КъищынэмыщIауэ, къыхуагъэлъагъуэ экскурс гъуэгуанэхэм ящыщу нэхъ ягу ирихьыр къыхахыну хьэщIэхэр хуитт.
Бахъсэн муниципалитетым и унафэщIыр, адрей щIыналъэхэм къикIа лIыкIуэхэми хуэдэу, и телъхьэщ мэкъумэш туризмэм зебгъэужьыным мылъкушхуэ зэримы- хьынум. Ауэ цIыхухэм зыщагъэпсэхуну къуажэхэмрэ щIыпIэхэмрэ сыт и лъэныкъуэкIи заужьауэ щытыпхъэщ.
— Къуажэхэм зыгъэпсэхупIэ щыIэнымкIэ япэ ища щIыналъэхэм ящыщщ Белгород, Ленинград, Калужскэ, Калининград, Тамбов областхэр, республикэхэм ящыщу Чувашиемрэ Карелиемрэ, Подмосковьемрэ Алтай краймрэ.
АЛОКЪУЭ Аринэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "30998.txt"
} |
Къэбэрдей-Балъкъэрым и махуэр ягъэлъапIэ
Урысейм и ныпыр, Къэбэрдей-Балъкъэрым и махуэр ягъэлъапIэу щIалэгъуалэ зэхыхьэм и етIуанэ Iыхьэр шыщхьэуIум и 22-м Мэшыкъуэ къыщызэIуахащ.
ЩIалэгъуалэм яIущIэну, абыхэм я псалъэ зэхахыну, чэнджэщкIэ зыщIагъэкъуэну а махуэм Мэшыкъуэм къыхуеблэгъа цIыху цIэрыIуэхэм ящыщщ «Урысейм и студент гупхэр» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и штаб нэхъыщхьэм и унафэщI Киселев Михаил. Ар ныбжьыщIэхэм ядэгуэшащ студент гупхэм я лэжьэкIэмкIэ, властыр, щIалэгъуалэр зэрыщIэным теухуауэ зэфIагъэкIыфымкIэ. «Фи гум, фи псэм фIэфI лэжьыгъэ фыпэрытмэ, IуэхуфIхэр къывэхъулIэнущ икIи къыфтехьэлъэнукъым. Абы фи гъащIэр щIэщыгъуэ ищIынущ», — жиIащ Киселевым и псалъэхэм и кIэухыу.
Къуэдзокъуэ Мухьэмэд
ЩIэныгъэ зэгъэгъуэтыным пыщIа гугъуехьхэм теухуауэ гуныкъуэгъуэ зиIэ щIалэгъуалэм Урысей Федерацэм егъэджэныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ Каганов Вениамин хуаIэ упщIэхэр куэд хъурт.
«ЩIэблэр зэрырагъаджэм, ахэр езыгъаджэхэм яхуэ- мыарэзыуэ куэд жаIэ. Ауэ апхуэдэу псори Iейкъым. Дуней псор къапщтэмэ, мы IуэхумкIэ Урысейр япэ ит къэралипщIым ящыщщ», — ядэгуэшащ къызэхуэсахэм Кагановыр. Зыуэ щыт къэрал экзаменыр, зыгъэунэхуа ныбжьыщIэхэр зыщIэупщIэнур гъунэжт. ХьэщIэм жиIащ узэрефIэкIуэным, нэхъыфI узэрыхъуным, уи щIэныгъэм зэрыхэбгъэхъуэным яужь уитын зэрыхуейр, къыхэпха IэщIагъэм щIэупщIэ имыIэжмэ, нэгъуэщIым ухуемыджэжу, зыхуумыгъэсэжу зэрымыхъунур. «Шу закъуэм и зэманыр икIащ, дэ дыщыпсэу лIэщIыгъуэр гупхэр щызэрыIыгъ, зы Iуэху зэдайуэ щызэфIах зэманщ», — жиIащ и псалъэхэм я кIэухыу Кагановым.
КъБР-м и Iэтащхьэм и тыгъэхэр.
НыбжьыщIэхэм IуагъэщIэну кърагъэблэгъа хьэщIэ лъапIэхэм ящыщт «Кавказ Ищхъэрэм и зыгъэпсэхупIэхэр» ОАО-м и унафэщIым и къуэдзэ ТIымыжь Хьэсэн. Ар тепсэлъыхьащ Кавказ Ищхъэрэм щаухуэну я мурад зыгъэпсэхупIэхэм, ахэр мы IэнатIэм хуэIэижь IэщIагъэлIхэм зэрыхуеинум.
— Кавказым ис лъэпкъхэр, абыхэм я хабзэ дахэхэр зымыщIэ дэтхэнэми ахэр щызыхищIэфын зыгъэпсэхупIэхэр Iэмал имыIэу къызэдгъэпэщын хуейщ, — жиIащ ТIымыжьым.
Урысей Федерацэм и Къэрал Думэм и депутат Казаковэ Ольгэ жиIащ ныбжьыщIэхэм я зэфIэкI, акъыл къыщагъэлъэгъуэфын, ахэр псори къыщалъытэн утыкуу Мэшыкъуэ къызэрилъытэр. Ар щIалэгъуалэм ехъуэхъуащ жыджэру, зэфIэкI яIэу псэуну. ЗэIущIэм хэту ирагъэкIуэкIащ «Сэ Урысейм срицIыхущ» Iуэхур. Ставрополь щIыналъэм щыIэ УФМС-м регистрацэмкIэ и къудамэм и унафэщI Прокоповэ Ольгэрэ Ставрополь крайм щIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Шатская Иринэрэ УФ-м и паспортыр ныбжьыщIэ 19-м иратыжри, балигъ гъащIэм хэбакъуэ щIэблэм ехъулIэныгъэр я Iэпэгъуу, гугъуехьым щымышынэу, къызыхэкIам яхуэфащэу псэуну ехъуэхъуащ.
Мэшыкъуэм щаухуа адыгэ, балъкъэр, къэзакъ хьэщIэщхэм ди япэ итахэм зэрахьа хабзэр, IэпщIэлъапщIагъэм и щыхьэт хьэпшыпхэр щагъэлъагъуэри, Iэнэхэри къаузэдат лъэпкъ шхыныгъуэхэр тету. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу Мэшыкъуэ щыIэ щIалэгъуалэр ягъэгушхуэну яхыхьащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, Прохладнэ куейм и Iэтащхьэм и къуэдзэ ЛутI Алий, Шэрэдж район администрацэм и Iэтащхьэ Темиржанов Махъты, КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ Геккиев СулътIан сымэ, нэгъуэщIхэри. Абыхэм ирагъэлъэгъуащ адыгэ, балъкъэр, къэзакъ хьэщIэщхэр. Псори яфIэгъэщIэгъуэну еплъащ хьэщIэщым ящыщ зым гъукIэу щIэс Маргъущ Юрэ и лэжьэкIэм. ЩIалэщIэм лъэпкъ дамыгъэхэмкIэ гъэщIэрэщIа, «Мэшыкъуэ 2013» фэеплъ тепщэчыр гъуаплъэм къыхиIущIыкIырт.
КъБР-м икIа лIыкIуэхэр яIущIащ республикэм и щIалэгъуалэу абы щыIэм. КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен и фIэхъусыр ныбжьыщIэхэм ярихыжа нэужь, Къуэдзокъуэм жиIащ щIэблэр зэрыцIыхунымкIэ, я зэныбжьэгъугъэр гъэбыдэнымкIэ мы зэхыхьэр IэмалыфIу къызэрилъытэр. «Ди республикэм фрилIыкIуэщ, фринапэщи, дывгъэгушхуэну дыфщогугъ», — захуигъэзащ абы ныбжьыщIэхэм. — Псори зэлъытар фэращ: гугъу зэрызевгъэхьщ, зыужьыныгъэм фы-зэрыхущIэкъущ. Дэ ди къалэныр зыфщIэдгъэкъуэн, дывдэIэпыкъунращи, тхузэфIэкI къэдгъэнэнкъым. Мэшыкъуэр фи гум фIыкIэ къыщIинэн щхьэусыгъуэ куэд фиIэну сыщогугъ», — жиIащ Къуэдзокъуэм.
Мэшыкъуэм нэхъыфIу зыкъыщызыгъэлъэгъуа ныбжьыщIитхум ди республикэм и УнафэщIым къыбгъэдэкIыу лъакъуэрыгъажэ зырыз тыгъэ хуащIащ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и махуэр ди артистхэм я концерткIэ зэхуащIыжащ.
Щомахуэ Залинэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31002.txt"
} |
Мы махуэхэм
ШыщхьэуIум и 24, щэбэт
Ди эрэм и 79 гъэм Везувий вулканыр кърихуащ. Абы зэтрикъутащ Помпей, Геркуланум къалэхэр.
1830 гъэм дунейм ехыжащ Къэбэрдей пщы уэлий хахуэ Жанхъуэт Кушыку.
Украинэм и лъэпкъ махуэшхуэщ — къэрал щхьэхуэ щыхъуа махуэщ.
1943 гъэм Къардэн Къубатий Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэр къыфIащащ.
Адыгей усакIуэ, зэдзэкIакIуэ КъумпIыл Къадырбэч и ныбжьыр илъэс 70 ирокъу.
Финляндие Республикэм и президент Ниинисте Саули Вяйняме и ныбжьыр илъэс 65-рэ ирокъу.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 23 — 25-рэ, жэщым градус 18 — 20 щыхъунущ.
ШыщхьэуIум и 25, тхьэмахуэ
Шахтерым и махуэщ
1530 гъэм къалъхуащ Рюриковичхэ ящыщ япэ урыс пащтыхь, адыгэ малъхъэ Иван IV Грозный.
Нейрохирург, медицинэ щIэныгъэхэм я доктор Семэн Жаннэ къыщалъхуа махуэщ.
Публицист, «Къэбэрдей-Балъкъэр» ГТРК-м и унафэщI Къэзанш Людмилэ къыщалъхуа махуэщ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 22 — 25-рэ, жэщым градус 16 — 20 щыхъунущ.
ШыщхьэуIум и 26,блыщхьэ
1908 гъэм Тыркум япэ Адыгэ Хасэр къыщызэрагъэпэщащ.
1991 гъэм РАН-м прикладной математикэмрэ автоматизацэмкIэ и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтыр къызэIуахащ.
Осетие Ипщэ Республикэр къэрал щхьэхуэу къызэрилъытэм теухуа указым 2008 гъэм Iэ щIидзащ УФ-м и Президентым.
СССР-мрэ Мысыр Хьэрып Республикэмрэ дипломатие зэхущытыкIэхэм я хабзэхэм зэрытехьэрэ илъэс 70 ирокъу.
Сочэ и курыт школхэм гъэ еджэгъуэщIэм щыщIадзэж. Ар ипэкIэ къыщIагъэIэпхъуар ХХII ЩIымахуэ Олимп Джэгухэр а къалэм зэрыщекIуэкIынурщ. А къалэм и еджакIуэ цIыкIухэм а тхьэмахуэр «хуапшыныжынущ» — дызыхуэкIуэ я щIымахуэ зыгъэпсэхугъуэхэр нэхъ кIыхь хъунущ.
Америкэр зэрыщыIэр 1492 гъэм къэзыхута Колумб Христофор къызэралъхурэ илъэс 562-рэ ирокъу.
«Тетраграф» ООО-м и унафэщI, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм хэт, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и саугъэтыр зрата Шакъ Эльберд и ныбжьыр илъэс 61-рэ ирокъу.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 24 — 28-рэ, жэщым градус 18 — 22-рэ щыхъунущ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31010.txt"
} |
Фитопрепаратхэр къыщIагъэкI
Адыгей. Республикэм къыщызэIуахащ хущхъуэ къызыхах, ерыскъыпхъэ къэкIыгъэхэм щелэжьыну, фитопрепаратхэр къыщыщIагъэкIыну «Витаукт» ООО комплекс. А Iуэхугъуэм хэтащ Адыгейм и Iэтащхьэ ТхьэкIушынэ Аслъэнджэрий.
Мейкъуапэ куейм и Абазэхэ станицэм щаухуа заводыщIэр къыщызэIуахым кърихьэлIащ «Витаукт» компанием и унафэщI Гарбузов Алексей, район администрацэм и Iэтащхьэ Ковалев Евгений, республикэм и къэрал властым и органхэм, муниципальнэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр. А инвестпроектыр Адыгейм щыпхыгъэкIыным «Витаукт»-м илъэситI тригъэкIуэдащ. ЦIыху 50 щылажьэ, метр зэбгъузэнатIэ мин 21-м щIигъу зыубыд заводыр ухуэным сом мелуан 230-рэ текIуэдащ.
ЩакIуэ лъэхъэнэм щIедзэ
Абхъаз. Республикэм щэкIуэгъуэ лъэхъэнэр къыщызэIуахащ. Абхъазым Экологиемрэ щIыуэпсыр къэгъэсэбэпынымкIэ и къэрал комитетым зэригъэувамкIэ, ар 2013 гъэм шыщхьэуIум и 17-м щыщIэдзауэ 2014 гъэм гъатхэпэм и 31 пщIондэ екIуэкIынущ.
ЩакIуэм сыт хуэдэ къуалэбзу лIэужьыгъуэми щыщу дапщэ къищэкIуну хуитми ягъэува хабзэм къыщыгъэлъэгъуащ. Къыхэдгъэщынщи, Тхылъ плъыжьым къыщыхьа хьэкIэкхъуэкIэхэмрэ къуалэбзухэмрэ къаукIыну хуит ящIыркъым. Абыхэм ящыщщ къыухэр, щыхьхэр, жыгыуIухэр, кавказ мэз джэдухэр, нэгъуэщIхэри.
КъищынэмыщIауэ, яхъумэ щIыуэпс щIыналъэхэм: заповедникхэм, лъэпкъ паркхэм, зэщIамыкъуэжа мэкъумэш щIыпIэхэм, Абхъазым и къалэхэмрэ абыхэм я Iэгъуэблагъэхэмрэ щыщэкIуэныр комитетым идэркъым.
Махуэ лэжьапщIэр хухах
Къэрэшей-Шэрджэс. Республикэм къулыкъущIэхэм я зы махуэ лэжьапщIэр КъуэкIыпIэ Жыжьэм псыдзэм и лей зыщытехьахэм хуагъэхьынущ.
КъШР-м и Iэтащхьэ Темрезов Рашид IуэхущIапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм я унафэщIхэр псапащIэ Iуэхум къыхыхьэну къыхуриджащ. КъищынэмыщIауэ, республикэм и властхэм жаIащ лей зытехьа щIыналъэхэм Iэмал имыIэу зыхуэныкъуэмкIэ зыщIагъэкъуэну зэрыхьэзырыр.
УЭРДОКЪУЭ Женя.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31012.txt"
} |
Анэдэлъхубзэм лъэпкъыр зэрегъэубыдыж
КъБР-м цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин иджыблагъэ яIущIащ Тыркум къикIа адыгэ гупым и пашэхэм. Ахэр тепсэлъыхьащ анэдэлъхубзэр хъумэным, джыным, бзэр и лъабжьэу лъэпкъыр зэрыгъэубыдыжыным.
Илъэсибл лъандэрэ зэкIэлъыкIуэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыгъэпсэхуакIуэ къокIуэ адыгэхэр нэхъ зэрыIыгъыу щыпсэу къэралхэм ящыщ ди лъэпкъэгъухэм я сабийхэр. А зэманым къриубыдэу я адэжь щIыналъэр зрагъэцIыхуащ Иорданием, Сирием, Тыркум щыщ ди лъэпкъэгъу ныбжьыщIэхэм. Мы Iуэхур нэхъыбэу къыщIыдахар нэгъуэщI къэралхэм къикI сабийхэм анэдэлъхубзэр ирагъэджын папщIэщ.
Иджыпсту республикэм щохьэщIэ Тыркум къикIа адыгэ сабийхэр. Ахэр зрагъэцIыхун папщIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэкIуащ Осетие Ищхъэрэ-Аланием хыхьэ Мэздэгу районым, Ставрополь крайм хыхьэ Серноводскэ районым щыщ адыгэ сабийхэри. А псори Налшык щызэхуашэсащ 2012 — 2015 гъэхэм нэгъуэщI къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм дазэрыпыщIар егъэфIэкIуэным, зи хэкум къэзыгъэзэжахэр гъащIэм хэгъэзэгъэжыным теухуауэ КъБР-м и Правительствэм къищта унафэм ипкъ иткIэ.
ЦIыкIухэм адыгэбзэр махуэ къэс ирагъэдж. Ар сэбэп мэхъу дэнэ щIыпIи щыпсэу зэлъэпкъэгъу сабийхэр зэгурыIуэнымкIэ.
— Налшык зэрыщыIа зэманым къриубыдэу ди сабийхэм куэд зрагъэщIащ. Ахэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыпIэ нэхъ дахэ дыдэхэм — Шэджэм псыкъелъэхэм, Гуэл щхъуантIэхэм, Iуащхьэмахуэ лъапэ щыIащ. Я адэжь хэкум зэрызыщагъэпсэхуар абыхэм зэи ягу икIыжынукъым. Сабийхэм я нэхъыбэм иджыпсту щыщIэдзауэ жаIэ илъэс къакIуи республикэм зыщагъэпсэхуну зэрыщIэхъуэпсыр, — къыхигъэщхьэхукIащ Тхьэкъуахъуэ Дамир.
КъБР-м цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министрым и къуэдзэ Гергоков Жамболэт къыхилъхьащ ди лъэпкъэгъу сабийхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым зэрызыщагъэпсэху программэм и Iыхьэ щхьэхуэхэр зэрахъуэкIыну. Псалъэм папщIэ, Налшык и санаторэхэм зыщегъэгъэпсэхуным, бзэр егъэджыным къыдэкIуэу, ахэр унагъуэ щхьэхуэхэми щагъэхьэщIэмэ, езым я ныбжь итхэр зрагъэцIыхумэ, зэран хъуну къыщIэкIынкъым. Ар бзэр зэгъэщIэнымкIи къадэIэпыкъунущ, иджырей адыгэ унагъуэхэм илъ хабзэмрэ псэукIэмри нэрылъагъу ящищIынущ.
ЗэIущIэм апхуэдэу къыщаIэтащ интернетым и Iэмалхэр къагъэсэбэпурэ, нэгъуэщI къэралхэм щыпсэу адыгэхэм я бынхэм анэдэлъхубзэр ирагъащIэ зэрыхъуну щIыкIэр.
— Къэбэрдей-Балъкъэрым и унафэщIхэр сытым дежи дэIэпыкъуэгъу хъунущ Урысей Федерацэм и щIыбкIэ щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм дазэрыпыщIам зегъэубгъунымкIэ, ар гъэбыдэнымкIэ. Дэ псоми адыгэ щэнхабзэр ди зэхуэдэ хъугъуэфIыгъуэщ. Абы къыхэкIыу зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым лъэпкъыр хъумэным и лъабжьэр бзэр арауэ зэрыщытыр, — жиIащ Къумахуэ Мухьэдин зэIущIэм и кIэухым.
Пщыгъуэш Асият,
КъБР-м ЦIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ,
дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм и унафэщI.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31014.txt"
} |
Ливанов Дмитрий Налшык щохьэщIэ
Налшык Правительствэм и Унэм дыгъуасэ щекIуэкIащ егъэджакIуэхэм я республикэпсо илъэс зэIущIэр. А IэнатIэм зи гуащIэ хэзылъхьэ цIыху пажэхэм яIущIэн мурадкIэ КъБР-м къэкIуащ УФ-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Ливанов Дмитрий.
ЗэIущIэм хэтащ УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Геккиев Заур, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Хьэсанэ Руслан, КъБКъУ-м и ректор Къарэмырзэ Барэсбий, республикэм и куейхэм, къалэ администрацэхэм я унафэщIхэр, нэгъуэщIхэри. Ливанов Дмитрий и къэпсэлъэныгъэм къыщытеувыIащ стандартыщIэхэр егъэджэныгъэм куууэ къыхыхьауэ щыщыт зэманым, абыхэм егъэджакIуэм и пащхьэ кърагъэувэ къалэнхэм.
ЗэIущIэ нэужьым хьэщIэхэр щыIащ Нартан дэт етхуанэ интернатым, КъБКъУ-м физкультурэ-узыншагъэр щрагъэфIакIуэ и комплексым. Университетым и бизнес-инкубаторым и лэжьакIуэхэм хьэщIэхэр щыгъуазэ ящIащ я щIэныгъэ къэхутэныгъэхэм. Абы и ужькIэ КъБКъУ-м и залышхуэм Ливановыр щахуэзащ университетым и егъэджакIуэхэм. Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ ехьэлIауэ абыхэм я упщIэ куэдым министрым жэуап яритащ икIи гуапэу ехъуэхъуащ зыщIидзэ гъэ еджэгъуэщIэмкIэ.
Щоджэн Iэминат.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31016.txt"
} |
КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм, ТхакIуэхэм я союзым, «Адыгэ псалъэ» газетым, «Iуащхьэмахуэ», «Нур» журналхэм, Къэбэрдей-Балъкъэр радиом я редакцэхэм гущIыхьэ ящыхъуауэ хъыбар фагъащIэ абыхэм илъэс куэдкIэ щылэжьа Амщокъуэ ШэIибэт Хьэшыр и пхъур дунейм зэрехыжар икIи и благъэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ яхуогузавэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31020.txt"
} |
Псапэ фщIэнумэ
«Добровольцы — детям» Iуэхум хэту шыщхьэуIум и 29-м Налшык щекIуэкIынущ «ХъуэпсапIэхэр нахуапIэ мэхъу» псапащIэ телемарафоныр.
«Восток» киногъэлъэгъуапIэм и гупэм деж щекIуэкIынущ а Iуэхур. Езым и телевизионнэ нэтын зиIэж Магомедовэ ФатIимэрэ абы дэлэжьэну Аттаев Азноррэ «Къэбэрдей-Балъкъэр» телеканалым еплъхэм, мы Iуэхум къекIуалIэхэм яхутепсэлъыхьынущ адэ-анэншэу къэна сабийхэм, сабий зеиншэхэр зыпIыну къэзыщта унагъуэхэм.
Къэбэрдей-Балъкъэрым сыт щыгъуи гулъытэ хэха щыхуащI сабий зеиншэхэм. Налшык администрацэм сабийхэр пIынымрэ зыхуей хуэгъэзэнымкIэ и къудамэм и унафэщI Шаваевэ Ольгэ зэрыжиIэмкIэ, 2012 гъэм сабий 22-м унагъуэ ягъуэтащ, 49-р япIыну къащтащ, тIу зрашэлIэжащ.
Республикэм и цIыхухэм зеиншэхэм гулъытэ хуащIыным, сабий зыпIыну къэзыщта унагъуэхэм зыщIагъэкъуэным къыхуеджэнырщ Налшык администрацэм, «Къэбэрдей-Балъкъэр» ВТК» къэрал кIэзонэ IуэхущIапIэм, «ФIы щIэ» республикэ цIыхубэ зэгухьэныгъэм къызэрагъэпэщ псапащIэ телемарафоным и мурад нэхъыщхьэр. Мы IуэхумкIэ щIэгъэкъуэн мэхъу КъБР-м цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министерствэр.
Дэтхэнэми Iэмал иIэщ мы Iуэхум хузэфIэкI хилъхьэну. Ахъшэ къыхахынущ сыхьэтищым и кIуэцIкIэ — 17:00-м щегъэжьауэ 20:00 хъуху. Ахъшэу къыхэкIыр сабий зеиншэ къэзыщта, бын куэд зиIэ унагъуэхэм трагуэшэнущ. Мыр къызэзыгъэпэщхэр мэгугъэ ди гущIэгъу хуэныкъуэхэм я хъуэпсапIэр нэрылъагъу ящыщIынымкIэ сэбэп хъуфынухэр Iуэхум къыхыхьэну.
«ХъуэпсапIэхэр нахуапIэ мэхъу» телемарафоныр зэрекIуэкIыр «Къэбэрдей-Балъкъэр» ВТК» къэрал кIэзонэ IуэхущIапIэм къигъэлъэгъуэнущ.
Пщыгъуэш Iэсият
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31022.txt"
} |
Нэхъри дыкIуэцIроху
«Спартак-Налшык» (Налшык) — «Луч-Энергия» (Владивосток) — 1:3 (0:1). Налшык. «Спартак» стадион. ШыщхьэуIум и 23-м. ЦIыху 875-рэ еплъащ.
Судьяхэр: Матюнин (Мэзкуу), Голубев (Санкт-Петербург), Семенов (Гатчинэ).
«Спартак-Налшык»: Цыган (Степанов, 83), Засеев, Овсиенкэ, Тимошин, Гарбуз, Коронов (Рухаиа, 64), Гуэщокъуэ (Медведев, 69), Руа, Буйтрагэ, Аверьянов (Сирадзе, 46), Щэуей.
«Луч-Энергия»: Штанько, Кренделев, Соловей, Тихоновецкий (Михалев, 41), Пономаренкэ (Киселев, 90+1), Могилевский, Кацаев (Романенкэ, 56), Романович, Колычев, Гриднев, Кудряшов (Клопков, 59).
Топхэр дагъэкIащ: Кудряшовым, 12 (0:1). Буйтрагэ, 55 (1:1). Гридневым, 78 (1:2). Михалевым, 89 (1:3).
Дагъуэ хуащIащ Руа, Тихоновецкэм, Колычевым, Кудряшовым, Сирадзе, Клопковым.
Хэт и гугъэнт мазэ зытIущ и пэкIэ премьер- лигэм игъэзэжыным щIэбэна «Спартак-Налшыкыр» иджы япэ дивизионым къыхамыгъэкIыным щIэхъуэпсыну?! Ди жагъуэ зэрыхъущи, нобэкIэ Iуэхур зэрыщытыр аращ, ар ефIэкIуэжынуи гугъэ щIагъуэхэр щыIэкъым. Я джэгукIэкIи, мылъкуу хухахым и куэдагъкIи налшыкдэсхэр къыкIэрыхухэм ящыщ зы хъуащ. ХуащI гулъытэм и гугъу тщIыххэнкъым — зи пщэ къыдэхуэхэми топджэгум дихьэххэми ар щIагъуэу къафIэIуэхужкъым.
«Луч-Энергия»-м драгъэкIуэкIыну зэIущIэм куэдкIэ дыщыгугъат. Дыпэплъат икIэм-икIэжым «Спартак-Налшыкым» текIуэн щIидзэжыну. Ар яхуэмыгъэзэщIэн къалэнуи щыттэкъым, я хьэрхуэрэгъур командэ лъэщхэм зэращымыщым икIи ди деж къэкIуауэ щыхамыгъэщIар зэрамыщIэжым къыхэкIыу. АрщхьэкIэ, абыи налшыкдэсхэр пэлъэщакъым.
Джэгур зэрекIуэкIам лейуэ и гугъу умыщIми хъунущ — кIэух бжыгъэм ар наIуэ къыпщещI. Абы щыгъуэми «Спартак-Налшыкыр» сыт щыгъуи ебгъэрыкIуащ, ауэ топ нэхъыбэу дэзыгъэкIар Владивосток жыжьэм къикIахэрщ.
3:1-уэ къызэрыхагъэщIам налшыкдэсхэм я Iуэхур хэплъэгъуэ дыдэ ищIащ. Турнир таблицэм абыхэм иджыпстукIэ яужь къыщинар мыгъэрей зэхьэзэхуэм зэи щытемыкIуэфа «Нефтехимик»-мрэ «Ангушт»-мрэщ. Ди щIалэхэм зыкъаIэтыжын папщIэ егъэлеяуэ лIыгъэшхуэрэ зэфIэкI лъагэрэ къызыкъуахын хуейщ, арщхьэкIэ апхуэдэ яхузэфIэкIыну я джэгукIэм зэкIэ гугъэ уигъэщIыркъым. Дыпэплъэнщ адэкIэ зэрыхъум.
Япэ дивизионым хэт командэхэм иужьу ирагъэкIуэкIа джэгугъуэм хэгъэрейхэр щытепщащ. ШыщхьэуIум и 23-м «Спартак-Налшыкым» и закъуэщ и стадионым къыщыхагъэщIар, «Енисей»-ри «Шинник»-м ефIэкIыфакъым. Адрейхэм я щIыпIэм щыджэгуахэр щытекIуащ: «Мордовия» (Саранск) — «Ангушт» (Нэзрэн) — 2:0, «СКА-Энергия» (Хабаровск) — «Газовик» (Оренбург) — 2:0, «Арсенал» (Тулэ) — «Нефтехимик» (Нижнекамск) — 2:1, «Енисей» (Красноярск) — «Шинник» (Ярославль) — 1:1, «Сибирь» (Новосибирск) — «Химик» (Дзержинск) — 2:0, «Динамо» (Санкт-Петербург) — «Уфа» (Уфа) — 2:0, «Салют» (Белгород) — «Балтика» (Калининград) — 2:1, «Торпедо» (Мэзкуу) — «Алания» (Владикавказ) — 2:0.
КъыкIэлъыкIуэ джэгугъуэр «Спартак-Налшыкым» шыщхьэуIум и 28-м иригъэкIуэкIынущ. А махуэм ди щIалэхэр Оренбург къалэм щаIущIэнущ щIыпIэ «Газовик»-м.
Жыласэ Заурбэч.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31024.txt"
} |
Iуащхьэмахуэ доIэт
Кавказ къуршхэр. Сурэтхэр Вэрокъуэ Заур трихащ.
Фигу къыдогъэкIыж Урысейм и дамыгъэр къыщыхах зэпеуэр иджыри зэрекIуэкIыр. А зэхьэзэхуэм и етIуанэ Iыхьэр иджыпсту йокIуэкI, абы кърикIуэхэмкIэ къыхахынущ иужьрей зэпеуэм хэтыну щIыпIэ 30-р. Абы щытекIуэхэр къагъэсэбэпынущ Москва областым «Урысей» парк» щыщаухуэкIэ. Мы зэманым Iуащхьэмахуэ 41-нэ увыпIэм щыту аращ.
«Урысей» парк» зыфIащам щыщ зы ар хъун папщIэ жыджэру Iэ тIэтын хуейщ. фэ зэрыфщIэщи, ар махуэ къэс йокIуэкI.
Нэхъапэми ещхьу, проектым и сайтым Iэ щыфIэт хъунущ, къищынэмыщIауэ, 34 бжыгъэр зэрыт смс 1880 номерым ебгъэхь хъунущ. Зэ егъэхьыгъуэм нэхъ фигу ирихьищым щхьэкIэ Iэ пIэт хъунущ — къыхэпхыр зыми е нэхъыбэми, псалъэм папщIэ, 34 34 34 е 34 52 42 . Зы Смс-м нэхъыбэ дыдэу и уасэр соми 3,54-рэщ.
Шыпш Даянэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31028.txt"
} |
Дунейпсо Адыгэ Хасэм игъэува тыгъэхэр
Мурадхэр
Адыгэ, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм, къищынэмыщIауэ ди лъэпкъэгъухэр щыпсэу къэралхэм (Тыркум, Сирием, Иорданием, США-м, Германием, нэгъуэщIхэми) адыгэ литературэм, лъэпкъ щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ, щIэныгъэм, егъэджэныгъэм, спортым зыщегъэужьыным хуэщхьэпэн.
Къалэнхэр
ИщхьэкIэ зи гугъу тщIа IэнатIэхэм ехъулIэныгъэшхуэхэр иужьрей илъэсхэм щызыIэрызыгъэхьа цIыху зэчиифIэхэр (е гуп щхьэхуэхэр) гъэлъэпIэн.
УнэтIыныгъэхэр
ДАХ-м игъэува тыгъэр зыхуэфащэхэр къыщыхах унэтIыныгъэхэр:
— адыгэ тхыдэр къызыхэщ литературэ тхыгъэ (роман, повесть, рассказ, новеллэ, пьесэ, поэмэ, усэ Iэрамэ);
— театрым, кином, телевиденэм щагъэува, щытраха теплъэгъуэхэр;
— къэфакIуэ гупхэм я зыкъэгъэлъэгъуэныгъэхэр;
— адыгэхэм ятеухуа тхыдэ, художественнэ къыдэкIыгъуэ зэрыIыгъхэр;
— макъамэ, сурэтыщI гъуазджэ IэдакъэщIэкIхэр;
— тхыдэ, этнографие, бзэщIэныгъэ къэхутэныгъэхэр;
— спортымкIэ ехъулIэныгъэ инхэр.
Къызэрыхах мардэхэр
Тыгъэ лъапIэ зыхуагъэфащэхэр къыхах лъэпкъ литературэм, щэнхабзэм, гъуазджэм, щIэныгъэм, егъэджэныгъэм, спортым зэфIэкIышхуэ къыщызыгъэлъэгъуахэм (дэтхэнэ IэнатIэми щыщу цIыху зырыз).
Хэтынухэр
ДАХ-м игъэува тыгъэр зыхуагъэфэщэнухэр къыхах «Адыгэ Хасэм» и щIыпIэ къудамэхэм, Кавказ Ищхъэрэм щыIэ творческэ зэгухьэныгъэхэм, ди лъэпкъэгъухэр щыпсэу къэралхэм щыIэ хасэхэм къата тхылъхэмкIэ. Абыхэм къыщыгъэлъэгъуауэ щытыпхъэщ адыгэбзэм, лъэпкъ тхыдэм, цIыху зэхэтыкIэ-псэукIэм теухуауэ щэнхабзэ, литературэ, щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэшхуэхэр, спорт ехъулIэныгъэшхуэхэр зиIэ цIыху щхьэхуэхэм е гупхэм я зэфIэкIыр.
Унафэ къызэращтэр
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тыгъэр зыхуэфащэр ДАХ-м и къэпщытакIуэ гупым къыхех. А гупым хыхьэхэми я зэфIэкI зэпеуэм къыщагъэлъэгъуэну хуитщ, къэпщытакIуэхэм къазэрыхэкIыжымкIэ лъэIу тхылъ нэхъапэкIэ къитамэ.
НэхъыфIу къалъытахэм Дунейпсо Адыгэ Хасэм и дамыгъэ лъапIэ, щIыхь тхылъ, доллар 1000 ират, зыкъыщигъэлъэгъуа унэтIыныгъэм ипкъ ит щIыхьыцIэ къыфIащ. Дамыгъэхэмрэ щIыхь тхылъхэмрэ щратыж ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым, Советым, Зэхуэсышхуэм я зи чэзу зэхыхьэхэм.
ПIалъэхэр
Зэпеуэр илъэситIым зэ йокIуэкI. Iуэхур къыхалъхьэу мазих дэкIа нэужь, зэхьэзэхуэм зэрыхэтыну тхылъхэр къыIахыныр ягъэувыIэ.
Тхылъыр къызэрат щIыкIэр
Зэпеуэм зи зэфIэкI щызыгъэлъэгъуэнухэм ятеухуа тхылъхэр ДАХ-м и IуэхущIапIэм езыхэм къахь е пощткIэ къыIэрагъэхьэ. Ягъэува пIалъэм (2014 гъэм гъатхэпэм и 22-м) фIэкIауэ къата тхылъхэм зыри хэплъэнукъым.
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и хэщIапIэр: Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэ, Налшык къалэ, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ уэрам, 6-нэ унэ. Пощт индексыр: 360000.
Iуэхум нэхъыфIу зыщызыгъэгъуэзэну хуейхэр мыпхуэдэ телефонхэмкIэ фыщIэупщIэ хъунущ: (+78662) 47-31-83, 47-22-63, 42-58-34. Электрон пощтым и адресыр: [email protected], къищынэмыщIауэ Iуэхум теухуа хъыбарегъащIэ къыщывгъуэтынущ ДАХ-мрэ «Адыгэ псалъэ» газетымрэ я сайтым (www adyghepsale.ru).
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31032.txt"
} |
ЩIэджыкIакIуэм и усэхэр
Си Къэбэрдей
Къэбэрдейуэ си адэжь щIыналъэ,
ЗыпэсщIыфын щымыIэ хэку,
Пхуэзгъэушэну усэбзэ пшыналъэр,
Нобэ япэу сыкъихьащ утыку.
Дунейм и кIапэ псоми щызэхахыу,
Уэрэд куэдым щагъэфIащ си лъахэр.
Къыхэщыжу ди тхыдэм и нэхур,
Уардэу къытщхьэщытщ
Iуащхьэмахуэ.
ЯхуэIуэтэщIкъым лъэпкъ Iущыгъэр,
Уи бын я хабзэр, я нэмыс.
КъысфIощIыр узищIасэ дыгъэр
Хэхауэ гуапэу нэхъ къыпхуепс.
Си Къэбэрдейуэ адыгэ щIыналъэ,
Лъэпкъ куэдым къыпхуаIэт
хъуэхъу фалъэр.
Гъусэ къыпхуэхъур бгъэщIэращIэу,
Уахътыншэм хуэдэщ уи гурыщIэр.
Гъатхэ
КъэкIуэжащи, гъатхэр щIэрыщIэу,
Дунейм къыхелъхьэжыр псэщIэ.
Джабэ зытелъам уэс ныкъуэтхъур,
Алэрыбгъу щхъуантIэ трепхъуэ.
КъуэкIыпIэм и нэхущ пшэплъым
Къуалэбзу къыдэушым,
Зэрагъэлъэлъу пшыналъэр,
МахуэщIэм уэрэд къыхурашыр.
Iущащэхэу псыхьэлыгъуэхэр
Щожэххэр уэрамым, губгъуэм.
ДахагъэкIэ гъатхэ махуэщIэр
ЗылъэIэс псоми яIуощIэ.
И макъыр махуэщIэ къэушым
Джабэхэм щызэподжэж.
Дыгъэ бзийхэр нэбэнэушэу
Удз тхьэмпэхэм толъэщIыхьыж.
БЕЙ Жансурэт.
Дзэлыкъуэкъуажэ
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31034.txt"
} |
Хэкужькъуажэ дывгъэухуэ!
Мы фызыщызгъэгъуэзэну гупсысэм зыкъом щIауэ сиIыгъщ, и къегъэжьэкIа хъунум сытемыгушхуэурэ. Мыпхуэдэ гугъэ сэзыгъэщIар, дауи, си бохъшэ уэдыркъым. Мыр, сызэригугъэмкIэ, нахуапIэ хъуныр мылъкушхуи, къэрал гулъыти, хэкупсэ куэдым я хьэрычэти зыхэлъхьэн хуей Iуэхугъуэщ.
Ди тхыбзэм хуэмыарэзыуэ, яфIэгугъуу, зэгъэзэхуэжын хуейуэ къалъытэу зыгуэрхэм жаIэ, ятх. Иджыпсту зытетым хуэдэнумэ, псалъэмакъ къудейуэ къэмынэжын щхьэкIэ, а Iуэхури Iэпэдэгъэлэл тщIы хъунукъым. Псалъэмакъыр а лъэныкъуэмкIэ Iуедмыгъэшу, сыхуейт къэбэрдей адыгэхэм ди тхыбзэм и алфавитыр 1936 гъэм лъэпкъым тыгъэ къытхуэзыщIа Бэрыкъуей ТIутIэ и сыным щхьэщэ хуэсщIыну. Абы къыдбгъэдилъхьа тхыбзэмкIэщ зэратхыжар лъэпкъ IуэрыIуатэр, «Нарт» лIыхъужь эпосыр, уэрэдыжьхэр, таурыхъхэр…
Налшык тхылъ тедзапIэм 1969-1970 гъэхэм къыщыдагъэкIауэ щыта, КъардэнгъущI Зырамыку и «Адыгэ IуэрыIуатэхэр» томитIыр зиIэжыр мащIэщ жыпIэмэ, ущыуэну си гугъэкъым. Сэ етIуанэ тхылъыр укъуеижауэ сиIэу аращи, зэрыжаIэу, езым хуэдиз дыщэкIэ схуэтынукъым.
Зырамыку дежкIэ дгъэзэжынщи, етIуанэ тхылъым «Уий, Къэбэрдей, жи» фIищауэ хэт едзыгъуэм, дызэрыс хэкум дыкъыщыкIуа гъэхэм къищынэмыщIа, япэу мыбы къэкIуахэри, къыщIэкIуа щхьэусыгъуэри хыболъагъуэ. Советхэм гуэгъу тхуащIауэ къыддекIуэкI лъэпкъым щыщхэм я бзэкIэ зыгуэрхэр къызэрыкI Къызбрун, Къэрэгъэш, н.къ. къуажэцIэ, бгыцIэ хуэдэхэр мыбы ди япэжкIэ иса нэгъуейхэм зэращIэинри къыбогъуатэри, а къыдаIуэкIхэр зэрыкупщIэншэри хъарзынэкъэ.
ЖыхуэсIа Iыхьэм къеджэжым пцIыупсыфэ къызиплъынкъым, Тамбий Къэбардэр шу гуп и гъусэу япэу мы лъахэм къихьауэ зэрыщытар хьэкъ фщысщIыну яужь сихьэкIэ. «Абы щыгъуэ Тамбийм и гъусэу Шакъымрэ Къесынымрэ къэкIуащ. Абы яужькIэ ЛIыгуащIэмрэ Хъыжьырокъуэмрэ къакIэлъыкIуащ» (н.64). «Къэбэрдейр Новочеркасск дэсащ. Абы къикIри Лабэ псы Iуфэм къыIутIысхьащ. Лабэ къикIри Лэхърэн цIыкIу къэкIуащ. (Къущхьэхъум)… абы къикIри Шэджэм аузым къэкIуащ. Шэджэм псыхъуэ ХьэпащIэ ехыгъуищым уеха нэужь, бгыжь щIагъым Iуву щызэхэсу щытащ. Абы щыгъуэ Тамбий и къуэ Дыгулыбгъур я унафэщIти, абы и унафэкIэ, Шэджэм губгъуэ щежэх Фэндыкъуэпс цIыкIу дехыу тIысахэщ. (Пэжщ, мэзым и зы къуакIэ ФэндыкъуэкIэ зэджэм псынэу къыщожьэ а нобэ Кыщпэкыпс хъуам къетIысылIахэм ящыщ КIыщ Бэч выкIэ дивыкIыу псылъэгуфI зэрыхуищIауэ щытам щхьэкIэ). ДэнэкIэ къикIами, ахэр гупыфI зэрыгъэхъури псыр къаймэщIэкI щыхъум, Тамбийм и унафэкIэ, ХьэтIохъущокъуэри, Мысостри, Тохъутэмыщри зэбгрыкIауэ щытащ. Езыр, и IупэфIэгъухэр и гъусэу, Бахъсэн Iуфэ (иджы лъэмыжыр зытелъым и деж) Iуащхьэжь тету щытам ипщэкIэ тIысащ. Адрейхэри зэбгрыкIхэри псыхъуэ-псыхъуэхэм дэтIысхьащ».
Фэндыкъуэпс ЦIыкIур Дыгулыбгъуей и гупэмкIэ къыпэзыкIухь федеральнэ гъуэгум ипщэкIэ щыдригъэзейм хуэзэу щожэх, къуажэми зы километррэ ныкъуэрэ хуэдизкIэ пэжыжьэнущ. А гъуэгумкIэ метр 300-500 хуэдиз пкIумэ, сэмэгурабгъумкIэ зэпэплIимэ кIыхьу, ДжэрмэншыкыжьитIкIэ еджэу, зэрыIэрыщIым шэч къытумыхьэу IуащхьэшхуитI щытщ. А IуащхьэцIэм Къэбэрдейм и нэгъуэщI щIыпIэхэми ущрохьэлIэ, ауэ хуэбгъэфащэ хъунущ а Iуащхьэм и щIагъыр алыджхэм я псэупIауэ.
«Жорыр цIууэ Мысостей щIыбагъым щыт Iуащхьэжьым тету, ар я къулъшырыфу, чэбэ папщIэу… Абыхэм Шэджэм щIытIищым деж къэтIыса адыгэхэр щалъагъум, бел кърагъэхьащ икIи езыхэр къакIуэри, адыгэхэм къадэIэпыкъуащ, щIыунэхэр къыхуатIащ, куэдри мамыру зэдэпсэуащ» (н.72).
Мыбдеж къыжыIэпхъэщ мэрдж, чэрдж, чэрычэ жаIэми алыджхэр ди IуэрыIуатэм къызэрыхэщыр. СызэрыщыгъуазэмкIэ, абыхэм щIы щIагъ псэукIэр къыщаублар уэсмэн тыркухэм 1453 гъэм Константинополь къащтэу чристэнхэр зэхэзехуэн ящIа нэужьу къыщIэкIынущ. Япэу я щтапIэу щытауэ иджы къалэ хъужа Каппадокие апхуэдэ щIыунэ куэд дыдэ ущрохьэлIэри, ди япэкIэ мыбы иса алыджхэми а хьэлыр яхэлъагъэнщ. Тэтэр-монголхэм щыгъуи ахэр адыгэхэм зэкъуэту япэувауэ къызыхэщ уэрэдхэми ущрохьэлIэ КъардэнгъущIым игъэхьэзыра тхылъым.
Джэрмэншык Iуащхьэхэр археологхэм къахутауэ щыткъыми, мыпхуэдэ псалъэхэм «Iуащхьэм и плIанэпэхэр дыжьынкIэ къыдэщIыкIауэ, дыщэкIэ лэжауэ, налкъутналмэсыр уэздыгъэ папщIэу хэщIыхьауэ щытащ» жыхуиIэм мы зыхуэзгъэфащэр нэхъ фIэщщIыгъуафIэ пщещI.
Иджы а Iуащхьэм хуей сыщIэхъуари мыращ. ФощIэж НалшыкщIыб къыдыхьэпIэм и деж щыгъуэу тета шууейм и мывэ фэеплъу нэгъуэщI гуэркIэ зэрахъуэкIауэ щытар. Ар скульптор ТхьэкIумашэ Михаил и лэжьыгъэ си гугъэщ. 115-нэ кавдивизэм щыщу зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъу ищIами, зыгуэрхэм я ягъэкIэ Iуахыжащ. АтIэ а фэеплъыр зыщIыпIэ щахъумэу щытмэ, ди адыгэ мухьэжырхэм я фэеплъ мардэу ДжэрмэншыкыжьитIым я зым, ПсыхуабэкIэ и гупэр гъэзауэ, тету диIамэ, ар зымылъагъуи а гъуэгум ирикIуэнтэкъым, лъэпкъми нэхъ лъапIэныгъэ щигъуэтынт. Iуащхьэм метр 20-25-рэ и лъагагъынщ, и щыгу захуабзэр метр зэбгъузэнатIэ 500-м къыщынэнукъыми, абыи Iэмал гуэрхэр къует абы нэгъуэщI зыгуэрхэр, ансамбль жыхуаIэм хуэдэхэр, дыщIыбгъужынуми.
Мыр «псэууэ» къыщIэкIрэ жылагъуэр, Къэбэрдей Адыгэ Хасэр, ди нэхъыщхьэхэр арэзы техъуэмэ, ар хьэлъэзешэкIэ пхуешэлIэнущ, ауэ жьыхулъатэ (вертолет) МИ 8-рщ дэзыхьеифынур. ЕтIуанэ Iуащхьэри мотель, конференц-зал, шхапIэ сыт хуэдэхэмкIи ухуапIэфI дыдэщи, абыхэми зезыпщытын къыкъуэкIынт. А федеральнэ гъуэгум къыхэпшу IуащхьитIым я зэхуакум гъуэгу щыбукъуэдиймэ, Iуащхьэ гупэм къилъщ Шэджэм губгъуэ хъуж тафэшхуэри, абдежым щожэх Фэндыкъуэпсу щытауэ, япэ къища адыгэхэу иужькIэ къэбэрдей хъужахэри здыIусар. ИIэщ а тафэм гуэл IэрыщI, зыгуэрым бэджэнду бдзэжьей ещапIэ ищIауэ.
ЩIыр Дыгулыбгъуейм егъэщIылIауэ щытщи, хэти акъылэгъу хъуну си гугъэщ а щIыпIэм зы къуажэ зэгъэпэща къихутэнымкIэ. Хамэ къэрал щыпсэу адыгэхэр ди щIыпIэм къызэреджэр Хэкужьщи, Хэкужьхьэблэ цIэр фIэщынри сфIэигъуэщ. Ауэ мыр Къэбэрдейхэм я Мэчэ хуэдэу хъунущи, жылагъуэр нобэ ди адыгэ ухуэкIэу щхьэж и къару къызэрихькIэ жыхуэтIэм хуэмыдэу ухуа-кIуэ компаниефI еувэлIауэ таунхаус, коттедж теплъэ зиIэ унэ екIухэр, еджапIэ, сабий гъэсапIэ, стадион, пощт, банк, фитнес-зал, парикмахерхэм я егъэзыпIэ, кафе, бар хуэдэхэр, щIакхъуэгъэжьапIэ, нэгъуэщIхэри, къыщызэIуахыфынущ.
Псыр гъуэгум и деж щыIупщIэмэ, куэд дыдэ хуейкъым псышхуэ теплъэ игъуэтын щхьэкIэ. КIыщ Бэч мыгъуэм вибл щIищIэу къыщривыхыфакIэ, нобэрей гъащIэм Iэмал гъуэзэджэхэр къыдетри, ари Iуэхушхуэкъым. Зи гугъу сщIа IэрыщI гуэлыр зыгъэпсэхупIэм хуэбунэтIыжрэ, абы и деж хадэхэкI щыхэпсэ хъунущ.
Гуэлым и ипщэIуэкIэ ГъуейкIэ еджэу жыгей мэзыщIэм сэнтх дэзыIэтыр яубгъуащи, Хьэсанэ и дэжыпIэ жыхуиIэ гъуэгум нэс жылэм зыщебгъэукъуэдиифынущ.
Езы щIыр апхуэдизкIэ пшэрщи, сытри къыщыкIынущ, декоратив жыгхэми псынщIэ дыдэу зыщаужьынущ.
Электрокъарур мэз хозяйствэмкIэ укъуэдиящ, газыр федеральнэ гъуэгум и адрыщIымкIэ блэшащ. Псыращи, а щIыналъэм псыфIыр куу дыдэу щIэт хабзэкъым: Тыжьейр тенджызым тесу жаIэ.
Жылэр яухуэным траухуэмэ, Шэджэм, сыщыхэхэсу си псэ щымызагъэр, збгынэнти, сыIэпхъуэнт. Нобэ ди гур щIэгъуу щIагъуэ дыдэ зыхуэдмыщIэф Сирием зауэм къыщрихужьэжа ди лъэпкъэгъухэми ар гунэси псэхупIи яхуэхъуну си гугъэщ.
ЛэжьапIэ IэнатIэрщ нэхъ Iуэхури, абы пэжыжьэ дыдэкъым иджыри яукъуэдий, зызрагъэубгъу теплицэ хозяйствэшхуэри, Налшыки километр 16-18-щ зэрыпэIэщIэнур. МащIэми, унэщIыб щIы сотыхи 10-12, таунхаусхэм — 3-6 хуэдэ яхухэпхмэ, ари щIэгъэкъуэн къахуэхъунущ.
Зи гугъу сщIы бгылъэ щIыпIэр ятIагъуэкIэ къулейщ. КъалэкIыхьым щащIа чырбыш заводым хуэмыдиз дыдэми, ар зыщIа компанием уепсэлъылIэ хъунущ ятIагъуэм и щытыкIэр къебгъэхутэу адэкIэ зэрыхъунумкIэ. Уегупсыс хъунущ Нидерландхэм ток къэзылэжь жьыхухэр къуажэ щхьэщыгу лъагапIэм тхутращIыхьыну, ахэр зыхуэIэижь удз гъэгъа гъэкIынымкIи зыдэбгъэIэпыкъунри хэлъщ мы Iуэхум.
Cи хъуэпсапIэу бизнес-план теплъэ сфIэхъуар сыщогугъ КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсени, ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутии, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и пашэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэди ягу ирихьыну икIи мыбы лъэпкъ политикэ мыхьэнэ зэриIэри къагурыIуэну.
Аращи, сыхуейщ къыздаIыгъыну си Хэкужькъуажэр. Сызэрывдэгуэша си хъуэпсапIэр нахуапIэ хъуатэмэ, шэч хэмылъу, ар адыгэхэм я дежкIэ фэеплъ тIуащIэт. Зыр — адэжь щIыналъэм япэ лъэбакъуэр къизычэу щхьэегъэзыпIэ гуэрэныгу зыщIахэм, адрейр — залымыгъэкIэ зи хэкур зрагъэбгынэу нобэ дуней псом те-къухьа хъуа ди къуэшхэм ейуэ.
Фэеплъ хъужыр зыгуэрым гулъытэ хэха хуэщIынращи, шэч къытесхьэркъым ар зылъагъу дэтхэнэ зы хьэщIэми и гум ди пщIэр зэрыщыбэгъуэнум икIи ди къуэш хэхэс куэд дыдэм гуфIэгъуэ нэпс мы щIыпIэм зэрыщыщIагъэкIынум.
ПхытIыкI Юрэ,
журналист, уэчыл.
Шэджэм къалэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31040.txt"
} |
Ди щIыналъэм теухуауэ
Къэбэрдей-Балъкъэрым и щэнхабзэмрэ щIыпIэ дахэхэмрэ ятеухуа фильм кIэщI къыдэгъэкIыным яужь ихьащ УФ-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэр.
«Кавказ Ищхъэрэм и налкъутщ Къэбэрдей-Балъкъэрыр. Абы и щIыуэпс дахэм — зыми хуэмыдэ аузхэм, жыг хадэхэм, гуэлхэм — къищынэмыщIа, псэм зезыгъэгъэпсэхущ республикэм щылажьэ санаторэхэр. Ди цIыхухэми зыгъэпсэхуакIуэхэм я дежкIи абыхэм уасэ яIэкъым», — жеIэ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Фырэ Руслан.
Абы гу зэрылъитамкIэ, республикэм япэу къакIуэ зыгъэпсэхуакIуэхэр мы щIыпIэм щыпсэухэм я щэнхабзэм дехьэх, лъэпкъхэм я хабзэхэм яфIэгъэщIэгъуэну зыщагъэгъуазэ. Абы къыхэкIкIэ Фырэ Руслан фIэигъуэщ гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэхэм щIэщыгъуэу, хьэлэмэту республикэм и музейхэм я лэжьыгъэр къызэрагъэпэщыныр.
Апхуэдэу мы мазэхэм зи Iуэхухэр купщIафIэу зыгъэпсыфахэм ящыщщ КъБР-м и Лъэпкъ музейр, СурэтыщI гъуазджэмкIэ музейуэ Ткаченкэ Николай и цIэр зезыхьэр, политикэ залымыгъэм и лей зытехьахэм я мемориалыр, украинэ тхакIуэ Вовчок Маркэ и цIэр зезыхьэ унэ-музейр. Мы IуэхущIапIэхэр бэрэжьей къэс жэщыр хэкIуэтэху мэлажьэ, махуэкIэ хущIэмыхьэхэм папщIэ. Хъыбар гъэщIэгъуэнхэр, тхыдэм и напэкIуэцIхэр хьэщIэхэм къыхузэIуах музейхэм я лэжьакIуэхэм. Лъэпкъ музейм екIуалIэхэм абы и гъэтIылъыгъэхэм хэлъ Iэщэхэр зэрызрагъэлъагъум и мызакъуэу, ахэр зэрагъэIэрыхуэми зыщагъэгъуэзэну Iэмал яIэщ.
Мыбыи гу лъытапхъэщ: Налшык ехъумэ пасэрей щIэинхэмрэ фэеплъхэмрэ. Абыхэмрэ иджырей щэнхабзэмрэ щызэпэджэж къалэм зыщуплъыхьыну гъэщIэгъуэнщ.
ГЕРАСИМОВЭ Риммэ.
«Шэджэм псыкъелъэхэр» Дербент макIуэ
«Шэджэм псыкъелъэхэр» цIыхубэ ансамблыр «Дербент — зыужьыныгъэм и лъахэщ» дунейпсо щэнхабзэ-тхыдэ фестивалым макIуэ.
Дербент къалэр илъэс мини 2 зэрыхъур щагъэлъэпIэнум ирихьэлIэу къызэрагъэпэща зэхыхьэ гъэщIэгъуэным зэхуешэс цIыху мин бжыгъэхэр. Ахэр къикIащ Къэзахъстан, Азербайджан, Узбек, Армян республикэхэм, Кавказ Ищхъэрэм и хэгъуэгухэмрэ Урысейм и нэгъуэщI щIыналъэхэмрэ.
Шэджэм щыщ гупым игъэхьэзыращ уэрэдымрэ къафэмрэ щызэхэухуэна театр теплъэгъуэ гъэщIэгъуэн. «Лъэпкъ гъуазджэмкIэ дэ къыдогъэлъагъуэ адыгэ лъэпкъыр зэрыуардэр, бзылъхугъэр зэрыдахэр, щауэр зэрыхахуэр, ди къафэхэр зэрызэпIэзэрытыр, адыгэ хабзэр зэрыкуур», — жеIэ Шэджэм районым и щIыпIэ администрацэм щэнхабзэмкIэ и къудамэм и унафэщI Вэрокъуэ Ларисэ.
КIАРЭ Элинэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31042.txt"
} |
Ливанов Дмитрий: Егъэджэныгъэр цIыхухэр зэрыщыгугъым хуэдэу къызэгъэпэщыпхъэщ
УФ-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Ливанов Дмитрий лэжьыгъэ IуэхукIэ КъБР-м щыщыIам, егъэджакIуэхэм я шыщхьэуIу зэIущIэр Налшык щригъэкIуэкIащ. Абы къыщаIэта Iуэху нэхъыщхьэр «Урысей Федерацэм щIэныгъэ зэрыщрагъэгъуэтым и IуэхукIэ» федеральнэ законым къару зэригъуэтам къыхэкIыу КъБР-м щIэныгъэмкIэ и IэнатIэм къыбгъэдэхуэ къалэнхэрщ.
ЗэIущIэр къыщызэIуахым Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм, егъэджэныгъэм и IэнатIэм пэрыт псоми я цIэкIэ хьэщIэм фIэхъус псалъэкIэ зыхуигъэзащ икIи кърихьэлIахэм лэжьыгъэ тэмэм ирагъэкIуэкIыну ехъуэхъуащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Хьэсанэ Руслан.
УФ-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм и Iэтащхьэм и къэпсэлъэныгъэм къыщыхигъэщхьэхукIащ мы IэнатIэр цIыхухэм нэхъ яфIэтэмэму къалъытэхэм хуэдэу къызэгъэпэщыным хуэунэтIауэ фокIадэм и 1-м къару зыгъуэт хабзэ мардэхэр. ЗаконыщIэм, министрым зэрыжиIамкIэ, щIегъэбыдэ пщIэншэу щIэныгъэ зрагъэгъуэтынымкIэ цIыхухэм яIэ конституцэ хуитыныгъэхэр. Апхуэдэ мардэхэр яхуэгъэзащ къэралым и унафэм щIэмыт еджапIэхэми. Иджы япэ дыдэу пыухыкIауэ ягъэуващ зи узыншагъэр зэкIэлъымыкIуэ сабийхэри къызэрыгуэкI курыт еджапIэхэм пщIэншэу щеджэну зэрыхуитыр щIэзыгъэбыдэ хабзэ мардэхэр.
Зи школ кIуэгъуэ мыхъуахэр егъэджэнымрэ гъэсэнымкIэ стандартыр зэман благъэм къриубыдэу къащтэнущ. Ар нэхъыбэу зыхуэунэтIар сабийр школым зэрыщIэтIысхьэным хуэгъэхьэзырыныркъым, атIэ а сабийм и акъылымрэ зэфIэкIымрэ сыт и лъэныкъуэкIи зегъэужьынырщ. Нобэм къэс мы IуэхущIапIэхэр зэпэубыдауэ икIи куэдым къалъымысу екIуэкIащ. Иджы къалэну ягъэуващ 2016 гъэм нэсыху апхуэдэ гугъуехьхэр къызэранэкIыну. Адэ-анэм сабий садхэм ират уасэри фокIадэм и 1-м проценти 5 нэхъыбэкIэ хагъэхъуэнукъым. «2013 гъэм бадзэуэгъуэм и 1-м щегъэжьауэ адэ-анэм ику иту мазэ къэс сабий садхэм сом 1226-рэ щIату щытамэ, дэ къызэрыдбжамкIэ, ар фокIадэм и 1-м щегъэжьауэ 1290-м фIэкIынукъым. Адэ-анэхэм ят ахъшэм хагъэхьэну хуиткъым егъэджэныгъэмкIэ программэхэр гъэзэщIэнымрэ езы IуэхущIапIэм и мылъкур зехьэнымрэ трагъэкIуадэ уасэхэр», — къыхигъэщхьэхукIащ Ливанов Дмитрий. Абы зэрыжиIамкIэ, езыр зи пашэ министерствэр мы Iуэхум зэпымыууэ кIэлъыплъынущ.
Министрым къигъэлъэгъуащ законыщIэм ипкъ иткIэ егъэджакIуэхэм я хуитыныгъэхэм я статус хэха зэрагъэувар икIи абы тету егъэджакIуэхэм я мазэ лэжьапщIэр щIыналъэм и экономикэм ику иту щат улахуэм къыкIэрыху зэрымыхъунур. «Дэ къыдгуроIуэ ар щIыналъэхэм я бюджетхэм я дежкIэ зэрымытыншыр. А мардэр гъэзэщIа хъун папщIэ, бюджетым зэхъуэкIыныгъэ щхьэхуэхэри халъхьэн хуей щыхъу щыIэну къыщIэкIынщ», — жиIащ абы.
ДяпэкIэ егъэджэныгъэм и IэнатIэм щызэфIэгъэкIыпхъэхэм я гугъу щищIым, Ливанов Дмитрий хэхауэ къыхигъэщхьэхукIащ ди цIыхухэр школым куэдкIэ зэрыщыгугъыр: ар педагогикэм и иджырей технологиехэм тету лажьэу, лъэпкъ зэхэгъэж щымыIэу, нэхъыщхьэ дыдэращи — сабийхэм щIэныгъэфI яригъэгъуэту щытын хуейщ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Семэн Пщыкъан зэIущIэм щыжиIащ 2015 гъэм и кIэм нэсыху егъэджэныгъэм и IэнатIэм зэкIэлъыкIуэу щалэжьын хуей Iуэхухэр республикэм и властым къызэрищтар. Абы ипкъ иткIэ зи школ кIуэгъуэ мыхъуахэм папщIэ псори зэхэту сабий мини 9-м щIигъу зэкIуэлIэну IуэхущIапIэхэр къызэIуахынущ. Егъэджэныгъэм и стандартыщIэм тету щIэныгъэ зрагъэгъуэтхэр школакIуэхэм я процент 80-м нэсынущ. Сабий ныкъуэдыкъуэу ирагъаджэ хъунухэм я бжыгъэр иджыпсту 378-рэ мэхъури, абыхэм псоми Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэр къагъэсэбэпурэ, щIэныгъэ ирагъэгъуэт. Республикэм и бюджетым и ахъшэр зэпэубыдауэ щыт пэтми, егъэджэныгъэм и IэнатIэм пэрытхэм ику иту къалэжьыр экономикэм и IэнатIэхэм щат улахуэм нэхърэ проценти 9-кIэ нэхъыбэ ящIын яхузэфIэкIащ.
Иджыпсту къэув къалэн нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщу министрым къигъэлъэгъуащ щIэныгъэ лъагэ зиIэ лэжьакIуэхэр къыхэхыныр, егъэджакIуэхэм я IэщIагъэм хэгъэхъуэныр, ахэр еджапIэ пэрытхэм я лэжьэкIэм кIэлъыгъэплъыныр, егъэджакIуэ щIалэхэр Iуэхум зэрытрагъэгушхуэ Iэмалхэр зэхэлъхьэныр.
Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и ректор Къарэмырзэ Барэсбий зэрыжиIамкIэ, езыр зи пашэ вузыр егъэджэныгъэр къызэрызэригъэпэщ фIагъымкIэ еджапIэ нэхъыщхьэу 19-м хохьэ. Абы и лъэныкъуэкIэ Урысей Ипщэм и вузхэм ящыщу ди университетым къыпэхъур Ипщэ федеральнэ университетым и закъуэщ. Мы гъэм университетым ирикъуу къищтащ педагог IэщIагъэм хуригъэджэнухэр.
Налшык къалэм дэт курыт школ №32-м и егъэджакIуэ Атмурзаевэ Лейлэ и лэжьэгъухэм яхуиIуэтащ егъэджэныгъэм и стандартыщIэр къагъэсэбэпу зэрыщIадзам IуэхуфI куэд къызэрыдэкIуар, школыр мылъкукIи IэмэпсымэхэмкIи нэхъ хуэщIа зэрыхъуар. Ауэ сыт хуэдэ стандартхэр щымыIэми, сабийр нэхъ зыхуэныкъуэр егъэджакIуэм и гуапагъэмрэ гулъытэм- рэщ.
КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и тхьэмадэ Тау Пщыкъан къыхигъэщхьэхукIащ рейтинг жаIэу кърагъэжьар тэмэму къызэримылъытэр: «Зэрыщыту къэрал псор, зи школ щIэтIысхьэгъуэ сабийм и деж щегъэжьауэ профессорым нэсыху, а рейтингым итхьэлащ». Гулъытэ нэхъыщхьэ зыхуэфащэр, Тау Пщыкъан къызэрыщыхъумкIэ, сабийхэм фундаментальнэ щIэныгъэ егъэгъуэтынырщ.
ЗэIущIэм и кIэухым КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Хьэсанэ Руслан утыку кърихьащ езыр нэхъ зыгъэпIейтей Iуэхухэр: «Сабийхэр я зыужьыныгъэкIэ адэ-анэхэм, егъэджакIуэхэм ящхьэпрыкIыу хуежьащ. ЕгъэджакIуэхэр апхуэдэ Iуэхум хуэхьэзыр? Ар цIыкIухэм щIэныгъэ егъэгъуэтыным къыдэкIуэу гъэсэныгъэми телэжьэн хуей? Дызэрыт илъэсым университетым ирикъуу къищтащ педагог хъунухэр икIи абы уригушхуэ хъунущ, ауэ аркъудеймкIэ зэфIэкIынукъым. Ди деж сабийхэм щIэныгъэ тэмэму зэрыщрагъэгъуэтым щыхьэт техъуэ щапхъэхэр щыIэщ, куэдым фIы дыдэу вуз нэхъ цIэрыIуэ дыдэхэр къаух, уеблэмэ Нобель и саугъэтыр зыхуагъэфэща щыIэщ. Ауэ дэ ди плъапIэу щытын хуейр зэфIэдгъэкIахэркъым, атIэ къэкIуэну зэманырщ. Булунгу дэт еджапIэм щапхъэ зытрихыпхъэр Москва дэт еджапIэрщ. Дэ ди къалэнщ зэманым япэ ищыфын IэщIагъэлIхэр дгъэхьэзырыну. Апхуэдэ къалэнхэр дэ дгъэзэщIэфынущ. Абы папщIэ дылэжьэн хуей къудейуэ аращ».
Республикэм щригъэкIуэкIа лэжьыгъэм хиубыдэу УФ-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министрым щыгъуазэ зыхуищIащ Нартан къуажэм дэт школ-интернат №5-мрэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетымрэ я лэжьэ- кIэм.
КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ
я пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31044.txt"
} |
ЩIэм тету
Иджырей телевиденэм зиужьынукъым компьютер IэмэпсымэщIэхэр имыIэу. Абы папщIэ Iуэхум куууэ хэзыщIыкI IэщIагъэлIхэри уиIэн хуейщ. Апхуэдэу къалъытэ «Къэбэрдей-Балъкъэр» ВТК» ГКУ-м и унафэщIхэм. Абы къыхэкIыу республикэ къэрал телерадиоканалым и Iэтащхьэ Дроздов Игорь и жэрдэмкIэ 49-нэ каналым и лэжьакIуэ гуп лэжьэкIэщIэхэм щыгъуазэ зыхуащIын мурадкIэ, «Краснодар» телерадиокомпанием кIуащ.
А компаниер Урысейм и ипщэ лъэныкъуэм щынэхъыфIхэм ящыщщ икIи къыпэщыт къалэнхэмкIэ КъБР-м и ТВ-м хуабжьу къытохуэ. Зи гугъу тщIы каналыр Краснодар и мэрием и ахъшэкIэ мэлажьэ, абы йоплъ цIыху мин 800-м щIигъу. ИпэжыпIэкIэ жэщи махуи мыувыIэ телеканалым и нэтынхэр хьэлэмэту къызэрегъэпэщ, езыр иджырей IэмэпсымэщIэхэмкIэ зэщIэузэдащ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и телевиденэм и лэжьакIуэхэм щыгъуазэ зыхуащIащ телерадиокомпанием и IэнатIэ псоми. Шэч хэлъкъым щIэуэ къалъэгъуахэр абыхэм езыхэм я IэнатIэм хуэщхьэпэу къызэрагъэсэбэпынум.
«Къэбэрдей-Балъкъэр» ВТК» ГКУ-м и унафэщIхэм мыгувэу Краснодар ягъэкIуэнущ иджыри зы гуп.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31048.txt"
} |
Нобэ
Урысей кином и махуэщ
Молдовэ Республикэм и махуэшхуэщ — къэрал щхьэхуэ щыхъуар (1991 гъэ) егъэлъапIэ.
1955 гъэм дунейм къытехьащ Рекордхэр зратхэ Гиннесс и тхылъыр.
ШыщхьэуIум и 27 — 30-хэм Москва щызэхэтынущ химие промышленностым къыщIигъэкIхэр щагъэлъэгъуэну выставкэ.
ШыщхьэуIум и 27 — фокIадэм и 1-хэм Украинэм и къалащхьэ Киев щекIуэкIынущ художественнэ гимнастикэмкIэ дунейпсо чемпионат.
Америкэм щыщ тхакIуэшхуэ Драйзер Теодор къызэралъхурэ илъэси 142-рэ ирокъу.
ТхакIуэ, КъБКъУ-м и доцент Бозий Лудин къызэра-лъхурэ илъэс 80 ирокъу.
КъШР-м щIыхь зиIэ и журналист Къантемыр Тыркубий и ныбжьыр илъэс 73-рэ ирокъу.
Жылагъуэ лэжьакIуэ, Абхъазым и ЛIыхъужь Килбэ Мухьэмэд и ныбжьыр илъэс 55-рэ ирокъу.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 28 — 29-рэ, жэщым градус 19 — 21-рэ щыхъунущ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31050.txt"
} |
Мазиблым — фэтэр 800
Къэбэрдей-Балъкъэрым статистикэмкIэ и IуэхущIапIэм къызэритамкIэ, 2013 гъэм и щIышылэ — бадзэуэгъуэ мазэхэм къриубыдэу республикэм ухуэныгъэ лэжьыгъэу сом меларди 2,7-м щIигъу щрагъэкIуэкIащ.
2012 гъэм и апхуэдэ зэманым елъытауэ ар проценти 101,6-рэ мэхъу.
Псори зэхэту КъБР-м унагъуэ 802-рэ зыщIэтIысхьэжын псэупIэхэр щаухуащ. ЩIэуэ ящIа фэтэр псори метр зэбгъузэнатIэ мин 90,3-м нэблагъэ. Хьэзыр хъуа псэупIэхэм я нэхъыбапIэр, метр зэбгъузэнатIэ мин 72-р е яухуа псоми я процент 79,8-р, зы-щIар цIыху щхьэхуэхэрщ.
КъБР-м Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм и
пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31053.txt"
} |
Щэнхабзэм зегъэужьыным ахъшэшхуэ хухах
КъБР-м и Правительствэм къищтащ 2013 — 2017 гъэхэм ятещIыхьа «Къэбэрдей-Балъкъэрым и щэнхабзэ» къэрал программэр. Ар гъэзэщIэным хэкIыпIэ псоми я хьэкъкIэ сом меларди 7,5-м щIигъу трагъэкIуэдэнущ. Къэрал программэр программэ къуэдзэу 9 мэхъу. Абыхэм ящыщщ «Музейхэмрэ музей фондымрэ зегъэужьыныр», «Кинематографиер хъумэнымрэ абы зегъэужьынымрэ», «ЦIыхубэ художественнэ IэщIагъэхэр хъумэнымрэ абыхэм зегъэужьынымрэ», нэгъуэщIхэри.
КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Фырэ Руслан зэрыжиIамкIэ, программэр гъэзэщIэным иджырей щэнхабзэ Iуэхутхьэбзэхэр зэфIэгъэкIынымкIэ, щэнхабзэм и хъугъуэфIыгъуэхэр хэIущIыIу щIынымкIэ зыхуей Iэмал псори къызэригъэпэщынущ.
«Программэм къытхуихьыну дызыщыгугъхэм ящыщщ блэкIа илъэсым елъытауэ щэнхабзэм и IэнатIэм и Iуэхутхьэбзэу Къэбэрдей-Балъкъэрым исхэм хуащIэхэм нэрылъагъуу зэрыхэхъуэнур, щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм я улахуэр ди щIыналъэм и экономикэм и лэжьакIуэхэм 2012 гъэм ику иту къаIэрыхьэу щыта лэжьапщIэм и процент 94-м нэблагъэу къызэраIэтынур», — жиIащ министрым.
А псоми къадэкIуэу, республикэм и библиотекэу цIыхухэм зэхуэдэу къагъэсэбэпхэм тхылъу щIэлъыр федеральнэ бюджетым и хьэкъкIэ нэхъыбэ ящIынущ.
Псори дызэрыщыгъуазэщи, УФ-м и Президентым и Указым ипкъ иткIэ 2014 гъэр щэнхабзэм и илъэсу ягъэуващ. Ар зыхуэунэтIар щэнхабзэм зегъэужьыным, тхыдэ-щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр хъумэным, урысей щэнхабзэм дуней псом щиIэ мыхьэнэр къэIэтыным цIыхухэм я гулъытэр хуэунэтIынырщ. Щэнхабзэм и илъэсым хиубыдэу КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм зэхилъхьащ республикэм а и IэнатIэм зегъэужьынымкIэ зэфIагъэкIыну Iуэху нэхъыщхьэхэр. Абыхэм ящыщщ щэнхабзэ IуэхущIапIэхэр ухуэныр, зэгъэпэщыжыныр, абыхэм я зэфIэкIыр къэIэтыныр, лэжьапщIэр зэратыр егъэфIэкIуэныр, къуажэ щэнхабзэ IуэхущIапIэхэм защIэгъэкъуэныр, библиотекэхэр, музейхэр, адрей зыгъэпсэхупIэхэр къэгъэщIэрэщIэжыныр, гастроль лэжьыгъэм зегъэубгъуныр, нэгъуэщIхэри.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31055.txt"
} |
Гузэвэгъуэ хэхуа ди къуэшхэм дадэвгъэIэпыкъу!
Сирие Хьэрып Республикэм щекIуэкI зауэм и зэран зэкIа ди лъэпкъэгъухэм защIэгъэкъуэн мурадкIэ, Урысей Сбербанкым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэ №8631-м счет хэха къыщызэIуахащ. Ди къуэш-шыпхъухэм ядэIэпыкъуну хуей дэтхэнэми мы счетым ахъшэ хилъхьэ хъунущ:
ИНН 0711040610/ КПП 072101001
Расчетный счет 40703810060330000227
БИК 040702660
Корсчет 30101810600000000660
Кабардино-Балкарское ОСБ №8631, г. Нальчик, ул. Пушкина/Кешокова, 33а/72
Адыгэ псори фыкъыхудоджэ: IуэхуфI влэжьыным фепIэщIэкI! Фи дэтхэнэ сомри иджыпсту дэхуэха ди лъэпкъэгъухэм сэбэп зэрахуэхъунум шэч къытевмыхьэ. Абыхэм дазэрыкъуэувэным, зэрызащIэдгъэкъуэным Iэмалу щыIэр къыхуэдвгъэгъэсэбэп! Ди нэхъыжьыфIхэм купщIэшхуэ халъхьащ «Узэкъуэтмэ - улъэщщ!» псалъэхэм.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31061.txt"
} |
Нартсанэ и щIыпIэ дахэхэр ирагъэлъагъу
КъБР-м Лэжьыгъэмрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм гъэ еджэгъуэщIэм и пэ къихуэу псапащIэ Iуэху иригъэкIуэкIащ. Абы къыхэкIа мылъкумкIэ республикэм и районхэм, къалэхэм щыпсэу сабий 45-м щIигъу Нартсанэ зыплъыхьакIуэ яшащ. Ахэр щхьэусыгъуэ зэхуэмыдэхэмкIэ лагерхэм, санаторэхэм зыщызымыгъэпсэхуфахэрщ — унагъуэшхуэхэм, хуэмыщIахэм, щытыкIэ гугъу къихутахэм къахэкIа сабийхэрщ.
ЗыплъыхьакIуэ яшэ сабийхэр ирагъэжьащ КъБР-м лэжьыгъэмрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Тюбеев Альбертрэ «Урысей зэкъуэт» политикэ партым и щIыналъэ къудамэм и гъэзэщIакIуэ комитетым и унафэщI Канунниковэ Татьянэрэ. Ахэр сабийхэм къэблагъэ гъэ еджэгъуэщIэмкIэ ехъуэхъуащ, ехъулIэныгъэхэр зыIэрагъэхьэу, гъащIэм нэжэгужэу хэтыну къыхураджащ.
— Дэ дыхуейщ фэ нобэ ныбжьэгъу фызэхуэхъуну, фIыуэ зывгъэпсэхуну, ди щIыпIэ дахэхэр зэвгъэлъагъуну, — жиIащ Тюбеев Альберт. — Догугъэ дыкъэзыухъуреихь дахагъэ псор зэвгъэлъагъуфынымкIэ Iэмал нэхъыбэ дяпэкIэ фиIэну, фыкъыщыхъуа щIыналъэр фIыуэ флъагъуу, ар вгъэлъапIэу фыпсэуну ди гуапэщ.
НыбжьыщIэхэм Нартсанэ дэт жыг хадэ цIэрыIуэм зыщаплъыхьащ, къалэм щагъэува щэнхабзэ фэеплъхэр ирагъэлъэгъуащ, мыбы щыпсэуа цIыху цIэрыIуэхэм я хъыбархэм щIагъэдэIуащ. Псом хуэмыдэу сабийхэм гукъинэж ящыхъуащ хыкхъуэхэр щаIыгъ щIыпIэр, абы щалъэгъуа теплъэгъуэр.
Сабийхэм фэеплъ сурэтхэр куэду зытрагъэхащ.
Токъмакъ Мадинэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31064.txt"
} |
«Iуащхьэмахуэр» куэдым ялъоIэс
«Iуащхьэмахуэ» журналым и еплIанэ номерыр (2013 гъэ) дунейм къытехьащ.
Нобэ тхэмытыж ди нэхъыжьыфIхэм я деж къыщыщIэдзауэ тхакIуэ ныбжьыщIэхэм я деж щиухыжу, мы къыдэкIыгъуэм Iуэхугъуэ куэд къызэщIеубыдэ.
ТхакIуэ щэджащэ, щIэныгъэлI Iэзэ, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ Нало Заур псэужамэ, и ныбжьыр илъэс 85-рэ ирикъунут. «ЩIыхь зыхуэфащэхэр» Iыхьэм щIэту журналым тридзащ Налом тепсэлъыхьу филологие щIэныгъэхэм я кандидат Къэжэр Хьэмид итха «МыкIуэдыжын Iэужь», филологие щIэныгъэхэм я доктор Гъут Iэдэм и IэдакъэщIэкI «ЩIэныгъэлIыр, джэгуакIуэр, лъэпкъыр» тхыгъэхэр, Заур и новеллэхэм ящыщу «Дыгъэ шыр», «МэракIуашхэ» жыхуиIэхэр.
Еджагъэшхуэ Къумахуэ Мухьэдин къызэралъхурэ илъэс 85-рэ зэрыхъум теухуауэ филологие щIэныгъэхэм я доктор БищIо Борис итха «ТфIэкIуэдар къыщыдгурыIуэжыр…» тхыгъэри тетщ иужьрей къыдэкIыгъуэм.
БищIом зэпкърех Къумахуэ Мухьэдин адыгэхэм я бзэщIэныгъэм ирищIэкIа лэжьыгъэшхуэхэмрэ абыхэм я мыхьэнэр зыхуэдизымрэ.
Журналым тредзэ сабий усакIуэ гъуэзэджэ АфIэунэ Лиуан къызэралъхурэ илъэс 75-рэ зэрыхъуам ехьэлIа тхыгъэхэри. Дунейм ехыжа я ныбжьэгъум и гъащIэмрэ гуащIэмрэ тотхыхь Бещтокъуэ Хьэбасрэ Уэрэзей Афликрэ. АдэкIэ «Iуащхьэмахуэм» щыгъуазэ фещI Елгъэр Кашиф итха «Лъагъуныгъэм и бзэ» повестым, Уэрэзей Афлик и усэхэм.
Мысырым щыщ Юсеф-ас-Сибаи и роман «ФитIнэ лъапсэ» жыхуиIэм щыщ пычыгъуэхэм я кIэухыр тетщ «Iуащхьэмахуэм».
«Щыхьэт тохъуэ» тхыгъэм Къэрмокъуэ Хьэмид щытопсэлъыхь лыхь (поляк) зауэлI Лапинский Теофил, и лъэпкъэгъу гупышхуэ и гъусэу, 1857 — 1859 гъэхэм Шэрджэсым зэрыщызэуам, адыгэхэм зэрадэIэпыкъуам.
Апхуэдэуи щIэджыкIакIуэхэм яфIэгъэщIэгъуэн хъунщ тхакIуэ ныбжьыщIэ Жамбэч Рабия прозэу итха усэхэр, Балэ Людмилэ «Егъэджэныгъэм и IэмалыщIэхэр» зыфIища тхыгъэр.
«Фэ фыщыгъуазэ?» Iыхьэм къыщыфцIыхунщ языныкъуэ къэкIыгъэхэм адыгэхэр зэреджэу щIэныгъэлI Хьэкъун Барэсбий зэхуихьэсыжа фIэщыгъэцIэхэм.
АБЗУАН Пщымахуэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31070.txt"
} |
Ислъамым и нур
Уаз
Зи мымылъку зэзылъэфэлIахэм Алыхьым и нэлатыр къатохуэ
ЦIыхухэр къэзыгъапцIэу зи мымылъку зэзылъэфалIэхэм Алыхьым и нэлатыр ятелъщ. Абы къыхэкIыу муслъымэну зызыбжыж дэтхэнэ зыри дэнэ щIыпIи, сыт хуэдэ зэманми цIыху пэжу, тэмакъкIыхьу, хьэлэлу щытын хуейуэ ислъам диным къыхуреджэ.
Дунейм тет псори къэзыгъэщIар Алыхьталэрщ икIи ди Щхьэщыгу итым зы цIыхур адрейм хуэныкъуэн, хуеин ищIащ. Зыр адрейм пымыщIауэ, зэдэмыIэпыкъуу ахэр псэуфынукъым. Нэхъыбэу ахэр зэпыщIа зэрыхъури сату Iуэхурщ.
Алыхьым и нэфIыр зыщыхуа Мухьэммэд бегъымбарым игъэдурысащ зым и зэран адрейм емыкIыу, къимыгъапцIэу, хьэлэлу хьэпшыпкIэ, ерыскъыхэкIкIэ сату ящIыну, я пщIэнтIэпскIэ къалэжьар ящэну е яхъуэжыну. Щхьэхуещагъэ хэлъу, къулей зрипщIын мурадкIэ усондэджэрыныр хьэрэмщ. Апхуэдэу пщэнуи, къэпщэхунуи, уасэ яхуэбгъэувынуи къезэгъыркъым кхъуэлым, фадэхэкI псоми, жорхэм, сынхэм. Мухьэммэд бегъымбарым идэу щытакъым пхъэщхьэмыщхьэ, хадэхэкI мыхъу утыку кърахьэну, ахэр мылъку хэхыпIэ ящIыну.
ЦIыхухэр зэфIэзыгъанэ сату пщIы хъунукъым. Апхуэдэм къыщIэпха ахъшэр кхъуэлым хуэдэу хьэрэмщ. Ислъам диным игъэдурысащ зыщэмрэ къэзыщэхумрэ зэхуэарэзыуэ зэбгъэдэкIыжыныр. Абы щыгъуэми нэгъуэщI щIыпIэ къраша хьэпшыпым е ерыскъым хуэдитI-щы щIагъужурэ ящэжмэ, ар гуэныхьышхуэ зыпылъ Iуэхущ. Апхуэдэ цIыхум зэреджэр сондэджэрщ. «Хэт ерыскъыхэкIым зы мазэкIэ нэхъ мыхъуми ирисондэджэрми, ар Алыхьым пыкIащ», — жиIэгъащ Мухьэммэд бегъымбарым. ИтIанэ дыщIигъужащ: «Гуэныхь къыумыхьынумэ, умысондэджэр».
Ислъам диным игъэдурысащ хьэпшыпыр зыщэмрэ къэзыщэхумрэ я кум пэжагъ дэлъу сату зэдащIыныр. Аращ бегъымбарым и хьэдисхэм ящыщ зым щIыщыжиIар: «Хьэпшыпыр зыщIыр, къыщIэзыгъэкIыр насыпыфIэщ, сондэджэрыр насыпыншэщ».
«Диным жиIэр пцIыщ, сэ нобэ дунеягъэкIэ сызыхуейр згъуэту сыпсэумэ, аращ нэхъыфIыр», — гупсысэм тету зи гъащIэр зыхьхэр хуабжьу щоуэ. Абыхэм ахърэткIэ яхуэмыпшыныжын гуэныхь зэтралъхьэ икIи «Зыри къыпфIэмыIуэхуу псэу: гъащIэм щыгуфIыкI, уемыгупсыс кIэухыр къызэрысынум, уи нэгу зегъэужь!» — шейтIаным и къыхуеджэныгъэм дихьэхауэ аращ. Тхьэм апхуэдэхэм дащихъумэ.
Мэжджыт цIэрыIуэхэр
Шейхым адыгэхэм къахуищIа тыгъэ
Адыгейм и къалащхьэ Мейкъуапэ 2000 гъэм дащIыхьа мэжджыт екIур пIалъэ кIэщI дыдэм яухащ. Ар Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм я шейхым и тыгъэ лъапIэщ.
Мейкъуапэ игъэбжьыфIэу абы къыщхьэщытщ дыгъэм пэлыд унащхьэ щIыху зытелъ мэжджыт абрагъуэр. Ар азэн джапIэу плIым къаухъуреихь. Ухуэныгъэ екIум и инагъми гур хегъахъуэ — Кавказ Ищхъэрэм щыгъуэтыгъуейщ абы пэпщI хъун.
Мы мэжджытыр илъэсрэ ныкъуэм къриубыдэу яухуащ. Абы текIуэда мылъкур къанэ щымыIэу къыбгъэдэкIащ Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм я шейх, Рас-аль-Хайм щIыпIэм и пащтыхьыкъуэ Сакр-аль-Кассими бин Хъалид.
Муслъымэнхэм я закъуэщ мэжджытым щIыхьэну хуитыр. АрщхьэкIэ зыплъыхьакIуэхэми Iэмал иратащ ислъам гъащIэм и зы Iыхьэ зыхащIэну. Псом ящхьэр дэтхэнэ зы муслъымэнми мыхьэнэшхуэ зрит щIыпIэм хуэфэщэн пщIэ хуащIынырщ, Iэдэбу абы зыщаIыгъынырщ.
УпщIэ – жэуап
КъурIэныр зищIысыр
А упщIэр куэдым къыдатри, нобэ абы жэуап пыухыкIа еттыну мурад тщIащ.
КъурIэныр фIыцIагъэ лъапIэщ. Ар Алыхь закъуэм къыбгъэдэкIыу Тхьэм и нэфIыр зыщыхуа Мухьэммэд бегъымбарым къыбгъэдилъхьа псалъэхэр зэрыт тхылъщ. Абы зыубгъуауэ къыщигъэлъэгъуащ дунеягъэ Iуэхухэр, муслъымэным и псэукIэу щытыпхъэр, игъэзэщIэн хуей хабзэхэр. Апхуэдэу КъурIэным щыгъуазэ дещI жэнэтым, жыхьэнмэм, къемэт махуэм. Мыбы къыщокIуэ Алыхьым и лIыкIуэ бегъымбархэм (Iэдэм и деж щегъэжьауэ Мухьэммэд и деж щиухыжу) ятеухуа хъыбархэр. Абыхэм ящыщщ лIыкIуэ лъапIэхэу Нухь, Ибрэхьим, Хьисэ, нэгъуэщIхэри.
Тхыгъэ лъапIэм итщ дунейр Алыхьым зэриухуари, цIыхур къызэригъэщIари, зэригъэлIэжынури, къемэт махуэм аргуэру къызэригъэхъужынури.
Алыхь Иным къытхуригъэха КъурIэн ЛъапIэр зэхэтщ:
джуз 30-у,
сури 114-у,
Iэят 6236-уэ,
псалъэ 77439-уэ.
Дэтхэнэ сурэри Iэятурэ зэхэгъэувэжащ. Iэятыр — ар усэ едзыгъуэу е зы жыIэгъуэу къыбгурыIуэ хъунущ.
Сурэхэр я инагъкIэ зэхуэдэкъым. Абыхэм яхэтщ Iэяти 3-6 нэхъыбэ мыхъухэри, 286-м нэсхэри.
Алыхьталэм и пащхьэм къикIа КъурIэныр къызэIуех «Альфатихьэ» («Пэублэ») сурэмкIэ. Зэриухыр «Iэннас» («ЦIыхухэр») Iыхьэращ.
Iэят зыбжанэурэ къыхуехыурэ, КъурIэн лъапIэр бегъымбарым къылъэIэсащ илъэс 23-кIэ. Муслъымэн диным теухуауэ Алыхьым къыбгъэдэкI псалъэхэр Мухьэммэд бегъымбарым и деж къэзыхьэсар ДжэбрэIил мелыIычырщ.
Тхьэм и лIыкIуэм къеджэкIэрэ тхэкIэрэ ищIэртэкъым, ауэ икъукIэ гурыхуэт. МелыIычым къыжриIэ псалъэхэр и гум ириубыдэрти, ахэр цIыхухэм ябгъэдилъхьэжырт. ИтIанэ къалэн зыщащIахэм ятхыжырт.
КъурIэн лъапIэм и зэхэлъыкIэр езы Алыхьталэм и IэмыркIэ убзыхуа хъуащ. Бегъымбарыр дунейм ехыжа нэужь, муслъымэнхэм хъалиф яхуэхъуа Iэбу-Бэкыр и унафэкIэ тхыгъэхэр зы къэмынэу зэхуахьэсыжауэ щытащ. Псалъэ лъапIэу къеха псори зэрызэкIэлъыкIуэм тету зы иригъэщIащ ещанэ хъалиф Хьусмэн. А тхылъращ иджы диIэ КъурIэныр.
Япэ дыдэ Iэяту къехар мыращ: «IыкърэI бысми ррэбикэл лэзи хьэлэкъ…». Абы къокI: «Тхьэ лъапIэу укъэзыгъэщIам и цIэкIэ къеджэ…».
Муслъымэн диныр щIэныгъэм зэрыхущIэкъур абы къегъэлъагъуэ. Иужьрей Iэяту бегъымбарым къыхуехар мыращ: «Алеумэ Iэкмэлту лэкум ди нэкум уэ Iэтмэмту хьэлейкум нихьмэти…». АдыгэбзэкIэ абы и мыхьэнэр: «Нобэ фи диныр къыфлъэзгъэIэсащ и кIэм нэсу, си нихьмэтри (фIыщIэри) абыкIэ сухащ…». Ар щызэхахым муслъымэнхэр гуфIащ, диныр ирикъуу къазэрылъэIэсам папщIэ. Ауэ Iэбу-Бэкыр гъащ. «Щхьэ угърэ?» — жаIэу щеупщIым къахуиIуэтащ: «И къалэныр иухащи, бегъымбарыр куэдрэ псэужынукъым. Аращ сыщIэгъыр».
Iэбу-Бэкыр зэрыжиIауэ, Мухьэммэд бегъымбарыр куэд дэмыкIыу дунейм ехыжащ.
И мыхьэнэшхуэр къалъытэри, КъурIэн лъапIэр бзэ куэдкIэ зэрадзэкIащ. Ар адыгэбзэкIи дунейм къытехьащ.
Алыхьталэм и псалъэ Iущхэр зэрыт ФIыцIагъэ лъапIэр уи унагъуэ илъыну псапэщ, абы укъемыджэфми.
Духьэхэр
Уи псэр щыгузавэм деж жыпIэнухэр
Бисмиллахьир рахьманир рэхьим, IуулаIикэ гъэлэйхьим щэлэтун мин рэббихьим уэрэхьмэтун уэIуулаIикэ хьумул мэхьтэдун (КъурIэн, сурэ 2, Iэят 156-157).
Бисмиллахьир рахьманир рэхьим, яIэюхьэл лэзинэ Iамэну латэкъулу рагъина уэкъуулун зурна уэсмэгъу уэлил кафирин гъэзабун Iэлим. (КъурIэн, сурэ 2, Iэят 104).
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31073.txt"
} |
Япэ итхэр
Бахъсэн районым ЩэнхабзэмкIэ и унэм егъэджакIуэхэм я шыщхьэуIу зэIущIэр щекIуэкIащ. Абы хэтащ щIыналъэм и егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэу 300-м нэблагъэ. ЗэIущIэм кърагъэблэгъащ КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм и лэжьакIуэхэр, район, къуажэ администрацэхэм я унафэщIхэр, ветеранхэм я советым и тхьэмадэр, нэгъуэщIхэри.
Зэхуэсыр къызэIуихри, егъэджэныгъэ IэнатIэр егъэфIэкIуэнымкIэ IэмалыщIэхэм тепсэлъыхьащ Бахъсэн район администрацэм и унафэщI Сыжажэ Хьэсэн. Абы зэрыжиIэмкIэ, лэжьыгъэр зэпеуэ жыпхъэм тету зэраухуам ипкъ иткIэ, районым и сабий гъэсапIэхэмрэ курыт школхэмрэ я теплъэм икъукIэ зихъуэжащ. «Гъэ еджэгъуэм щIидзэжмэ, дэ къыхэтхынущ директор, егъэджакIуэ, еджакIуэ, класс, шхапIэ нэхъыфIхэр», — жиIащ Сыжажэм.
«Егъэджэныгъэм теухуауэ» законыр къызэращтам ипкъ иткIэ, IэнатIэм къалэн нэхъыщхьэу щызыхуагъэувыжахэм тепсэлъыхьащ егъэджэныгъэмкIэ район къудамэм и унафэщI Абрэдж Тамарэ. «Егъэджэныгъэм теухуауэ къащта хабзэщIэм урысей тхыдэм щыяпэу къыщыгъэлъэгъуащ егъэджэныгъэм и лъабжьэр сабий садхэм къызэрыщежьэр», — жиIащ абы.
2012 — 2013 гъэ еджэгъуэм Бахъсэн районым щылэжьащ егъэджэныгъэ IуэхущIапIэу 30. Абыхэм екIуэлIащ сабий 10310-рэ. 7343-р школакIуэщ, 3027-р сабий садхэм щыIэ цIыкIухэрщ. «Гъэ еджэгъуэщIэм япэ классым щIэтIысхьэнущ сабий 800-м щIигъу. Зэдгъэпщэн щхьэкIэ къыхэдгъэщынщи, нэгъабэ япэ классым къащтар сабий 650-рэщ. А бжыгъэхэм къагъэлъагъуэ демографие щытыкIэр районым зэрыщефIакIуэр», — жиIащ Абрэдж Тамарэ.
АдэкIэ ар тепсэлъыхьащ школ унафэщIхэр я лэжьыгъэм зэрехъулIэми. Апхуэдэу иужьрей илъэси 2 — 3-м курыт школу 11-м я унафэщIхэр яхъуэжащ. Абыхэм ящыщ зыбжанэм зэман кIэщIым къриубыдэу яхузэфIэкIащ Зыуэ щыт къэрал экзаменхэм къарикIуахэмкIи еджапIэм и мылъку-техникэ лъабжьэмкIи я IуэхущIапIэхэр нэхъыфIхэм храгъэбжэн.
ЗэIущIэм щагъэлъэпIащ егъэджэныгъэ IэнатIэм и ветеранхэр, абыхэм фIыщIэ тхылъхэр иратащ. ИужькIэ нэхъыжьхэм чэнджэщ, ущие псалъэхэмкIэ зыхуагъэзащ егъэджакIуэ IэщIагъэр къыхэзыха ныбжьыщIэхэм. Къалэ администрацэм и унафэщIымрэ егъэджакIуэхэм я профсоюзым и район комитетым и тхьэмадэмрэ зэрагъэгушхуэ ахъшэ саугъэтхэр иратащ зрагъэгъуэта IэщIагъэм япэу пэрыувэхэм.
КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм и департаментым и унафэщI Мэртазэ Залым къызэхуэсахэм гъэ еджэгъуэщIэмкIэ ехъуэхъуащ икIи «УФ-м егъэджэны-гъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» дамыгъэр зыхуагъэфэщахэм яритыжащ. Апхуэдэ щIыхьыр къалэжьащ районым и егъэджакIуэ нэхъыфIу 17-м. Дамыгъэ лъапIэр зыхуагъэфэщахэм яхэтщ Сыжажэ Хьэсэнрэ Абрэдж Тамарэрэ. Мэртазэм къыхигъэщащ республикэм и егъэджэныгъэ IэнатIэм щыпашэхэм Бахъсэн районыр зэрахэтыр.
АдэкIэ Сыжажэ Хьэсэн «ПщIантIэ нэхъыфI» район зэпеуэм щытекIуа школхэмрэ сабий гъэсапIэхэмрэ ахъшэ саугъэтхэр яритыжащ. УвыпIэ яубыдам тещIыхьауэ текIуахэм яIэрыхьащ сом мини 100, 70, 50.
Алокъуэ Аринэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31079.txt"
} |
Илъэс лэжьыгъэр къапщытэж
Мэрем кIуам Налшык щызэхэтащ ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ (Шэрджэс) Академием и Зэхуэсышхуэр. Ар иригъэкIуэкIащ ЩIДАА-м и тхьэмадэ Нэхущ Iэдэм, зэIущIэм и лэжьыгъэм хэтащ вице-президент Бэчыжь Лейлэ, щIэныгъэ секретарь нэхъыщхьэ Тхьэзэплъ Хьэсэн, щIэныгъэлIхэу Щоджэн Iэсхьэд, Къалэ Хьэжбарэ, Щомахуэ Лев, сурэтыщI цIэрыIуэ КIыщ Мухьэдин, зэIущIэм кърагъэблэгъахэр.
Къызэхуэса щIэныгъэлIхэмрэ академием хэтхэмрэ Нэхущым фIэхъус ярихри, ЩIДАА-м хагъэхьэну къэлъэIуахэм папщIэ IэIэтым щIадзащ. Апхуэдэу ЩIДАА-м щIыхь зиIэ и академик хъуащ экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, Ростов къалэм дэт «РИНХ» къэрал экономикэ университетым и ректор Кузнецов Николай. ЩIДАА-м действительнэ члену хагъэхьащ академием и член-корреспондент, физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, РАН-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым прикладной математикэмрэ автоматизацэмкIэ и институтым и щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыжь Шыбзыхъуэ Заур; физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, Адыгэ къэрал университетым математикэ анализымрэ математикэр егъэджыным и методи-кэмкIэ и кафедрэм и унафэщI Шумахуэ Мухьэмэд (ЩIДАА-м математикэ щIэныгъэхэмрэ нано-информацэ технологиехэмкIэ и къудамэм); ЩIДАА-м и член-корреспондент, техникэ щIэныгъэхэм я доктор, КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым мэкъумэш IэнатIэм къыщагъэсэбэп машинэхэм зэракIэлъыплъымрэ ахэр зэрызэрагъэпэщыжымкIэ и кафедрэм и профессор Балъкъэр Руслан (ЩIДАА-м энергетикэмкIэ, машинэ щIынымкIэ, механикэмкIэ, IэнатIэхэр зехьэнымкIэ и къудамэм); ЩIДАА-м щIыхь зиIэ и академик, экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Россельхознадзор»-м и Къэбэрдей-Балъкъэр референтнэ центр» ФГБУ-м и унафэщI Сэхъурокъуэ Хьэутий; ЩIДАА-м и член-корреспондент, экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, Черкесск къалэм дэт Кавказ Ищхъэрэ къэрал гуманитар-технологие академием менеджментымрэ маркетингымкIэ и кафедрэм и профессор Елъыхъу Олег; ЩIДАА-м и член-корреспондент, экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, УФ-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм экономикэмрэ хьэрычэт щIэнымкIэ и институт Москва дэтым щIэныгъэ лэжьыгъэмкIэ и проректор Къэсей Борис (ЩIДАА-м жылагъуэ щIэныгъэхэмкIэ и къудамэм). Член-корреспондент хъуащ медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, диплом зиIэхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ Урысей медицинэ академием (Москва) тхьэмбыл узыфэхэмкIэ и кафедрэм и профессор Даур Борисрэ (ЩIДАА-м медико-биологие щIэныгъэхэмкIэ и къудамэм) философие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, Егъэджэныгъэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэм я Iэзагъым щыхагъахъуэ Къэрэшей-Шэрджэс республикэ институтым социологиемрэ философиемкIэ и кафедрэм и унафэщI Шыбзыхъуэ ФатIимэрэ (ЩIДАА-м жылагъуэ щIэныгъэхэмкIэ и къудамэм).
ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ (Шэрджэс) Академием IэIэткIэ хагъэкIащ ЩIДАА-м Ставрополь крайм щиIэ щIэныгъэ центрыр. Абы хэтхэр Къэрэшей-Шэрджэс щIэныгъэ центрым хагъэхьащ. Педагогикэ щIэныгъэхэм я доктор, ЩIДАА-м и академик, Адыгэ къэрал университетым физическэ гъэсэныгъэм и теориемкIэ и кафедрэм и профессор Хьэкъун Нурбий ЩIДАА-м физкультурэмкIэ, биомеханикэмрэ цIыху Iэпкълъэпкъым и зэфIэкIхэмкIэ и къудамэм и академик-секретарь ящIащ.
ЩIДАА-м и президиумым хагъэхьащ психологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, академик, Армавир лингвистикэ социальнэ институтым и ректор Аванесовэ (Сэкий) ФатIимэрэ физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, ЩIДАА-м и академик, РАН-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым прикладной математикэмрэ автоматизацэмкIэ и институтым и унафэщI Нэхущ Викториерэ.
АдэкIэ зэIущIэм къыщыпсэлъащ ЩIДАА-м и унафэщI Нэхущ Iэдэм. Зэхуэсышхуэмрэ «Математические и информационные технологии в исторических и социально-экономических процессах» щIэныгъэ сессиемрэ я лэжьыгъэм хэтхэм захуигъазэу жиIащ:
— Адыгэ лъэпкъым и дунейпсо щIэныгъэ зэгухьэныгъэ нэхъыщхьэу щыт академиер кIэлъоплъ абы хэтхэм егъэджэныгъэр, щIэныгъэр, щэнхабзэр, гъуазджэр егъэфIэкIуэным хуащI хэлъхьэныгъэхэм, ахэр утыку кърехьэ. Иджыпсту ЩIДАА-м хэтщ Урысей Федерацэм, Абхъазым, Израилым, Испанием, Иорданием, Къэзахъстаным, Сирием, США-м, Тыркум, Узбекистаным я щIэныгъэлIу, щэнхабзэм, гъуазджэм, егъэджэныгъэм я лэжьакIуэ цIэрыIуэу 300-м щIигъу.
Илъэсым къриубыдэу «Доклады АМАН» журналым и номерищ, «Образование. Наука. Творчество» журналым и номеритI дунейм къытехьащ, дунейпсо, урысейпсо щIэныгъэ зэIущIэхэм къыщапсэлъахэмрэ къыщащта унафэхэмрэ щызэхуэхьэса тхылъхэр къыдэкIащ. ЩIДАА-м и академик Мамий Руслан и редакцэм щIэту дунейм къытехьащ «Вестник науки Адыгейского республиканского института гуманитарных исследований» журналым и етIуанэ къыдэкIыгъуэмрэ адыгэ-славян щэнхабзэ зэпыщIэныгъэхэм ятеухуа сборникымрэ.
Академием и лэжьакIуэхэр 2012 — 2013 гъгъ. хэтащ щIэныгъэ зэхуэсу 200-м, къэхутэныгъэ монографиеу 50-м щIигъу я Iэдакъэ къыщIэкIащ.
Нэхущ Iэдэм убгъуауэ тепсэлъыхьащ ЩIДАА-м и дэтхэнэ къудамэми щылажьэ щIэныгъэлIхэм, IэщIагъэлIхэм я ехъулIэныгъэу гулъытэ зыхуэфащэхэм.
Президиумым и лэжьыгъэмрэ ЩIДАА-м и щIэныгъэ лэжьыгъэ нэхъыщхьэхэм я гъэзэщIэкIэмрэ теухуауэ зэIущIэм къыщыпсэлъащ IуэхущIапIэм и щIэныгъэ секретарь нэхъыщхьэ Тхьэзэплъ Хьэсэн. Апхуэдэуи я Iуэху еплъыкIэ къагъэлъэгъуэну къэпсэлъапIэр хуит хуащIащ Бэчыжь Лейлэ, КIыщ Мухьэдин, ХъуэкIуэн Хьэзрэталий, Эфендиев Сэлихь сымэ, нэгъуэщIхэми. ЩIДАА-м и унафэщIым и дэIэпыкъуэгъу Скориковэ Людмилэ тепсэлъыхьащ IуэхущIапIэм игъэзэщIа лэжьыгъэхэм хухаха мылъкур къызэрагъэсэбэпам.
ИСТЭПАН Залинэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31081.txt"
} |
Хъэнасир мэгуIэ
Сирием щекIуэкI зауэм и гузэвэгъуэм ди лъэпкъэгъухэри хэтщ. Адыгэр нэхъыбэу щыпсэу Хъэнасир къуажэм дэсахэм я щхьэр мафIэм хахри, я благъэ-Iыхьлы здэщыIэ къалэхэм Iэпхъуащ, ауэ абы къыдэнахэри мащIэкъым.
СХьР-м и Президентым и дзэмрэ абы къыпэщIэувахэмрэ зэпаубыда къуажэ цIыкIум махуэ зыбжанэ и пэкIэ зэхэуэ гуащIэ щекIуэкIащ. Сирием зауэ щызыублахэм ящыщ къуажэм ебгъэрыкIуэри, президентым дэщI цIыху 50-м нэблагъэ яукIащ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, уIэгъэ хъуахэр куэдщ, яукIахэм адыгэ щIалих яхэтщ. Ахэр Шэрэджхэ Джэбагърэ Мухьэмэдрэ, Елджырокъуэхэ Джубгъанрэ Нартрэ, Истэпан Хъусен, Хъар-бутлIы (и адэр тыркущ и анэр Шэрэджхэ япхъущ) сымэщ.
НобэкIэ Хъэнасир къуажэр цIыхуукIхэм яIыгъщ.
Инэрокъуэ Данэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31085.txt"
} |
Нобэ
1923 гъэм совет спортсмен-альпинистхэр Казбек бгым япэ дыдэу дэкIащ. Ар совет альпинизмэм и лъабжьэр щагъэтIылъа махуэу къалъытэ.
1924 гъэм Налшык къыщызэрагъэпэщащ ФизкультурэмкIэ областной совет.
Физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Щокъуий Владимир къызэралъхурэ илъэс 80 ирокъу.
ТхакIуэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист Мыз Ахьмэд и ныбжьыр илъэс 59-рэ ирокъу.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 25 – 28-рэ, жэщым градус 19 — 21-рэ щыхъунущ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31088.txt"
} |
Гушхуарэ бзэми хэгъуэзауэ
Ди газетым зэрытетащи, Налшык дэт «Къурш псынэ» сабий зыгъэпсэхупIэм щыхьэщIащ Тыркум, Осетие Ищхъэрэ — Алание Республикэм, Ставрополь крайм, Мейкъуапэ къикIа ди лъэпкъэгъу ныбжьыщIэхэр. Абыхэм я нэгу зэрызиужьар, щIэщыгъуэ куэд зэралъэгъуар, адыгэбзэм зэрыхэгъуэзар къыщыпщIэрт зэныбжьэгъугъэ лагерыр щызэхуащIыжа гуфIэгъуэ зэхыхьэм.
Тхьэмахуэ махуэм ежьэжыну сабийхэм гъуэгу махуэ жраIэну зыгъэпсэхупIэм и пщIантIэм щызэхуэсахэм ирагъэлъэгъуащ ныбжьыщIэхэмрэ абыхэм адыгэбзэр езыгъэджа, КъБКъУ-м и педколледжым и егъэджакIуэ Мыкъуэжь Людмилэрэ я анэдэлъхубзэ «дерсыр». ХьэщIэхэм яхэтт анэдэлъхубзэр зыщIэхэри абы иримыпсалъэхэри. Ди щIыналъэм зэрыщыIа махуэ бжыгъэм псалъэ куэд къызэращIар, къэпсэлъыкIэми хуэшэрыуэ зэрыхъуар гъэщIэгъуэнт. Ахэр зэпеуащ псалъэжьхэмкIэ, псынщIэрыпсалъэхэмкIэ, махуэцIэхэр, мазэцIэхэр кърабжэкIащ. Гъэхуауэ къеджащ Къагъырмэс Борис и «Мухьэмэд, си ныбжьэгъу, дыгъэкIуэж Къэбэрдейм», Бицу Анатолэ и «Мамэ», Хьэту Пётр и «Маринэ», Нало Заур и «Заринэ», Гъубж Мухьэдин и «Къэрабэ» усэхэм, нэгъуэщIхэми…
Япэу псэлъапIэр хуит хуащIащ КъБР-м цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Гергоков Жамболэт.
— ТхьэмахуитIыр напIэзыпIэм хуэдэу блэлъэтащ, ауэ фи дежкIи дэркIи гукъинэж хъуну къысщохъу, ныбжьэгъу фызэхуэхъуащ, хабзэм, щэнхабзэм теухуауэ щIэ куэд къэфщIащи. Бзэр, хабзэр хъумэным и хэкIыпIэфIу ар къызолъытэри, дяпэкIи фыкъытхуеблагъэ, фыкъытхуэкIуэ, еджапIэ къыхэфхын хуей хъуми, мыбыкIэ фыкъэгупсысэну ди гуапэщ, — жиIащ абы.
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ Нанэ Лерэрэ «Къурш псынэ» зыгъэпсэхупIэм и унафэщI Абыдэ Хьисэрэ къыщыпсалъэм жаIащ тхьэмахуитIыр нэгузыужь ящыхъуамэ зэрафIэфIыр, ялъэгъуахэмрэ ягу ирихьахэмрэ я ныбжьэгъухэм хуаIуэтэжу хэкужьыр зэзыгъэлъагъуну хуейхэм я бжыгъэм къыхагъахъуэмэ гуапэ зэращыхъунур.
Тыркум къикIа адыгэ гупым и унафэщIхэу Тхьэкъуахъуэ Дамир, Къардэн Асым, балъкъэрхэм я лIыкIуэхэм я пашэ Зюгюль Шэрэфудин, Осетие Ищхъэрэ — Аланием къикIа адыгэ гупым и унафэщI Субботинэ Раисэ сымэ фIыщIэ ин хуащIащ я къакIуэр къызэзыгъэпэщахэм, зыгъэпсэхупIэм и лэжьакIуэ-гъэсакIуэхэм деж щегъэжьауэ шхын IэфIхэмкIэ сабийхэр зыгъэтхъэжа пщафIэхэм деж щыщIэкIыжу ныбжьыщIэхэм зыгуэр яхуэзыщIа псоми. Абыхэм ядэлэжьахэу Хьэгъундокъуэ Борис, КъБКъУ-м и адыгэбзэ къудамэр иджыблагъэ къэзыухахэу Зэгъэщтокъуэ Зурьянэ, Ташу Оксанэ, ЦIагъуэ Маринэ сымэ фIыщIэу хуащIыр я Iэгуауэм къигъэлъагъуэрт.
Апхуэдэу лагерыр зыхуей хуэзэу лэжьэным зи гуащIэ езыхьэлIахэр щIыхь тхылъхэмрэ фIыщIэ тхыгъэхэмкIэ ягъэпэжащ. ЗэIущIэр адыгэ, урыс, балъкъэр уэрэдхэмрэ макъамэ гуакIуэкIэ ягъэдэхащ Музыкэ театрым и солистхэу Бекъул Аслъэнрэ Гергокаевэ Хьэлимэтрэ, Барсуковэ Фарузэ, Балъкъэр къэрал драмэ театрым и актер Мизиев Iэбубэчыр сымэ, нэгъуэщIхэми.
ЩIыналъэ зэхуэмыдэхэм къикIа щIалэгъуалэр кIуэжащ Къэбэрдей-Балъкъэрыр фIыкIэ ягу къинауэ. Иджыри Iэджэрэ къытрагъэзэну, еджапIэ къэкIуэну, адэжь щIыналъэм къэзыгъэзэжыпэнухэри къахэкIыну ди гуапэщ.
ИСТЭПАН Залинэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31091.txt"
} |
УнэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэу бгъу
«Мэшыкъуэ 2013» кавказпсо зэхыхьэм ныбжьыщIэ 2500-м щIигъу хэтщ. Мэшыкъуэ Iуащхьэм и лъапэм Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и хэгъуэгу псоми къикIа щIалэгъуалэр, апхуэдэуи Красноярск, Краснодар крайхэм, Волгоград, Ленинград, Киров, Тверь областхэм, Азербайджаным, Армением, Украинэм, Чехием, Эстонием, Осетие Ипщэм щыщ щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ щызэхуашэсащ. ЗэIущIэм ипкъ иткIэ, унэтIыныгъэ нэхъыщхьэу бгъу яубзыхуащ: студент гупхэр, щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэр, политикэ, гъащIэ узыншэм и телъхьэхэр, информационнэ технологиехэр, псапащIэ, си Iуэху: къуажэ, предприятэхэр, туризм, творчествэмрэ щэнхабзэмрэ, ТекIуэны- гъэ-70.
НыбжьыщIэхэр зыщIэдэIуну дерсхэр къыхахыу едэIуэн хуейуэ аращ. Абыхэм къищынэмыщIауэ, Мэшыкъуэ хьэщIэ лъапIэхэр, къэралым щыцIэрыIуэ цIыхухэр къеблагъэурэ щIалэгъуалэм йопсалъэ.
«Мэшыкъуэ 2013»-м нэхъыбэу зи гугъу щащIар Кавказ Ищхъэрэм исхэр лэжьыгъэ IэнатIэкIэ къызэгъэпэщынырщ, абы ехьэлIауэ щыIэ хэкIыпIэхэр къэлъыхъуэнырщ.
ХьэрычэтыщIэмрэ бизнес цIыкIумрэ Кавказ Ищхъэрэм зыщегъэубгъуныр къэралым гулъытэ зыхуищIхэм ящыщщ. ХьэрычэтыщIэ щIалэхэм я жэрдэмыр даIыгъын, абыхэм зыщIагъэкъуэн папщIэ, ди щIыналъэм программэ зыбжанэ щолажьэ, ар хуабжьу сэбэп мэхъу ныбжьыщIэхэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэща хъунымкIэ.
ЩIалэгъуалэм лэжьыгъэ ягъуэтын папщIэ къэралым IэнатIэщIэхэр къызэрызэIуихым къищынэмыщIауэ, ди цIыхухэр хамэ къэрал лэжьакIуэ гъэкIуэным, апхуэдэ щIыкIэкIэ я къэухьым зегъэубгъуным иужьрей зэманым зыужьыныгъэ егъуэт. Абы теухуат «Мэшыкъуэ 2013»-м и етIуанэ Iыхьэр къыщызэIуахым ЩIыналъэ зэхуаку IуэхущIапIэм и унафэщI Мельников Олег ныбжьыщIэхэм ядригъэкIуэкIа зэIущIэр.
IэнатIэ лъыхъуэу ди щIыналъэм икIхэр нэхъыбэу зыщIэупщIэр пIалъэкIэ щылэжьэнщ, дунейм и пIалъэ къащIауэ къагъэзэжын хуэдэу.
Поликаренковэ Ольгэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31094.txt"
} |
Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Дагъыстэнымрэ зэрызэдэлэжьэнум теухуа зэгурыIуэныгъэм Iэ щIадз
КъБР-м цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдинрэ Дагъыстэн Республикэм лъэпкъ политикэмкIэ и министр Гасанов Алексейрэ Мэхъэчкъалэ Iэ щыщIадзащ а ведомствэхэр зэрызэдэлэжьэну щIыкIэм теухуа зэгурыIуэныгъэм. Дагъыстэным зэрыдэлэжьэнум теухуа апхуэдэ документхэм а махуэ дыдэм Iэ щIадзащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и адрей субъектхэми я лIыкIуэхэм.
ЗэгурыIуэныгъэхэм Iэ щIадзащ Кавказ Ищхъэрэм и субъектхэм я къэрал властым и гъэзэщIакIуэ органу лъэпкъ политикэмрэ хъыбарегъащIэ политикэмрэ я лъэныкъуэкIэ полномочие зиIэхэм я унафэщIхэм я зэIущIэу мыбы щекIуэкIам хиубыдэу. 2025 гъэм нэсыху Урысей Федерацэм щрагъэкIуэкIыну къэрал лъэпкъ политикэм и стратегием щытепсэлъыхьа зэIущIэм кърихьэлIащ Урысейм ЩIыналъэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм лъэпкъхэм я зэхущытыкIэхэм ехьэлIа къэрал политикэмкIэ и департаментым и унафэщI Журавский Александр, Дагъыстэн Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Абдулатипов Рэмэзан сымэ.
Къумахуэ Мухьэдин и псалъэр триухуащ къэрал лъэпкъ политикэр пхыгъэкIыным хуэгъэзауэ КъБР-м щызэфIагъэкIхэм икIи Iуэху пыухыкIахэр къыхилъхьащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и щIыналъэхэм я зэдэлэжьэкIэр егъэфIэкIуэным хуэгъэзауэ. «Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэрал лъэпкъ политикэм и Iыхьэ пыухыкIащ лъэпкъхэм я зэхущытыкIэхэр егъэфIэкIуэным, зэгурыIуэныгъэр гъэбыдэным, дин зэгухьэныгъэхэм ядэлэжьэнымрэ абыхэм къэралым и дэIэпыкъуныгъэ етынымрэ ятеухуа республикэ программэ хэхахэр. Зэгъунэгъу республикэхэр зэдэлэжьэным хиубыдэу министерствэхэмрэ ведомствэхэмрэ зэпыщIауэ щытыным къыдэкIуэу, мы лэжьыгъэм дин, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэри къыхэшэн хуейуэ къызолъытэ», — жиIащ Къумахуэ Мухьэдин.
ЗэIущIэм хэтахэм къызэралъытамкIэ, къапэщыт къалэнхэр тэмэму гъэзэщIа хъун папщIэ лъэныкъуэхэр печатым къытрадзэну, телевиденэкIэ къатыну тхыгъэхэмкIэ нэхъ зыубгъуауэ зэхъуэжэн хуейщ. Абы къыдэкIуэу зэтегъэувэжыпхъэщ творческэ гупхэр: ансамблхэр, цIыхубэ театрхэр, симфоние оркестрхэр нэгъуэщI республикэхэм щIэх-щIэхыурэ кIуэуэ зэрыщытар.
Пщыгъуэш Асият.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31098.txt"
} |
ДызыхуэкIуэ зэIущIэхэр
Урысей Федерацэм и кубок.
Финалым и 1/32-нэ Iыхьэ
ШыщхьэуIум и 31 (щэбэт)
«Спартак-Налшык» — «Алания»
«Дагдизель» — «Ангушт»
«Тюмень» — «Енисей»
«Зенит» — «Мордовия»
«Авангард» — «Химик»
«Звезда» — «Торпедо» (Мэзкуу)
ФокIадэм и 1 (тхьэмахуэ)
«Уфа» — «Нефтехимик»
«Газовик» — «Сибирь»
«Химки» — «Шинник»
«Тосно» — «Динамо»
«Долгопрудный» — «Балтика»
«Сокол» — «Арсенал»
«МИТОС» — «Салют»
«Торпедо» (Армавир) — «Ротор»
«Якутия» — «СКА-Энергия»
«Чита» — «Луч-Энергия»
Япэ дивизион
ЕпщыкIутIанэ джэгугъуэ
ФокIадэм и 5 (махуэку)
«Мордовия» (Саранск) — «Алания» (Владикавказ)
«Сибирь» (Новосибирск) — «Ангушт» (Нэзрэн)
«Енисей» (Красноярск) — «Уфа» (Уфа)
«СКА-Энергия» (Хабаровск) — «Химик» (Дзержинск)
«Газовик» (Оренбург) — «Шинник» (Ярославль)
«Ротор» (Волгоград) — «Луч-Энергия» (Владивосток)
«Торпедо» (Мэзкуу) — «Балтика» (Калининград)
«Спартак-Налшык» (Налшык) — «Салют» (Белгород)
ЕпщыкIущанэ джэгугъуэ
ФокIадэм и 10 (гъубж)
«Шинник» — «Спартак-Налшык»
«Химик» — «Газовик»
«Уфа» — «СКА-Энергия»
«Ангушт» — «Енисей»
«Алания» — «Динамо» (Санкт-Петербург)
«Балтика» — «Арсенал» (Тулэ)
«Луч-Энергия» — «Торпедо»
«Салют» — «Ротор»
«Нефтехимик» (Нижнекамск) — «Сибирь»
ЕпщыкIуплIанэ джэгугъуэ
ФокIадэм и 16 (блыщхьэ)
«Мордовия» — «Балтика»
«Сибирь» — «Алания»
«Енисей» — «Нефтехимик»
«СКА-Энергия» — «Ангушт»
«Газовик» — «Уфа»
«Шинник» — «Химик»
«Торпедо» — «Салют»
«Арсенал» — «Луч-Энергия»
«Спартак-Налшык» — «Ротор»
ЕпщыкIутхуанэ джэгугъуэ
ФокIадэм и 22 (тхьэмахуэ)
«Химик» — «Спартак-Налшык»
«Уфа» — «Шинник»
«Ангушт» — «Газовик»
«Нефтехимик» — «СКА-Энергия»
«Алания» — «Енисей»
«Балтика» — «Динамо»
«Луч-Энергия» — «Мордовия»
«Салют» — «Арсенал»
«Ротор» — «Торпедо»
ФокIадэм и 27 (мэрем)
«Динамо» — «Нефтехимик» (епщыкIутIанэ джэгугъуэм щыщ зэIущIэ)
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31102.txt"
} |
Шыфэкъуж (ХьэфIыцIэ) Данэ дыгъуасэ илъэс 40 ирикъуащ. Абы КъБКъУ-р къиухащ. «Нарт» газетым и редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэу лэжьащ, «Мэкъумэш банкым» и пресс-IуэхущIапIэм и унафэщIу щытащ. Иужьрей илъэс 15-м Иорданием щопсэу. Унагъуэщ, ипхъу Санэ илъэс 12 мэхъу.
Шыфэкъуж Данэ
Данэ Амман дэт шэрджэс школым адыгэбзэр щрегъэдж. Куэд щIауэ усэ етх. Шыфэкъужым и IэдакъэщIэкIхэр къытехуащ Налшык, Дамаск, Мейкъуапэ, Амман, Черкесск къыщыдэкI газетхэм, журналхэм, тхылъхэм.
Нобэ тыдодзэ Данэ и усэ зыбжанэ.
Шыфэкъуж Данэ и усэхэр
Пщыгъупщэжмэ си цIэр
Сыгъынщ, си нитIым
Нэпс къыщIэмынэху.
Сэ гуауэ хьэлъэр
ЩIэзуфэнщ сылIэху…
УхуэлIэ хъумэ нобэ
Си гущIэгъу,
БжесIэнщ сэ хуэму:
«Псори пхузогъэгъу!»
Арами, щIэщхъум
КъресыкI си гущIэр,
Къызэпеуд гъэпцIагъэм
Ди зэIущIэр…
Сэ гуауэм сихьрэ
Пщыгъупщэжмэ си цIэр,
Къызэгуитхъынщ си бампIэм
Мы щIы фIыцIэр…
Гумрэ налкъутымрэ
ЩегъэпщкIу тенджызым сакъыу и псы лъащIэм
Налкъутналмэсыр хъуауэ илъэс куэд.
Сэ уигу щыпыIэр къызолъыхъу игъащIэм.
Къэхъуащ лъэужьхэр куэдрэ щысфIэкIуэд.
Я гугъэр, гуфIэр хъуауэ жэуапыншэ
ЦIыхухъухэм куэдрэ сэ слъэгъуащ я нэпс.
КъысфIощI а нэпсхэр хъуауэ ажалыншэ,
Налкъутналмэсу хуэдэщ псым къыхэпс.
Сэ куэдрэ, куэдрэ къэслъыхъуащ уэ уи гур,
Сэ къалэу, къуажэу щIэсщыкIари мыз.
СфIадыгъури уи гур, хъуащ зеиншэ щIыгур,
Сыхъуащ жеиншэ, сыхъуащ къулейсыз…
Дыгъэ къуэмыхьэж
Мы сыхьэтыпцIэм гур екъузыр гуауэм.
Ар тепыIэншэу гуфIэм ныщIохъуэпс.
Нэхуншэ мащэм хуэдэщ сыщыбауэм,
КъэкIуэнум си гур поплъэ и дыгъэпс.
Мы сыхьэтыпцIэм сэ сыхуейщ нэгъуэщIым
И псалъэ гуапэ, и гулъытэ нэс.
Насыпу щыIэм сыщIобэг я куэщIым,
Ар хъунут занщIэу Тхьэшхуэм къызипэс.
Гупсысэ жагъуэу мы дунейм щызеуэр
Акъылым нобэ хуэмурэ ехьэж.
ЛIэжынщ шэчыншэу схуэмыгъэв си гуауэр,
Хъужынщ си дыгъэр куэдрэ къуэмыхьэж.
Арами, зэкIэ схуемыгъэх си гуауэр,
ЗэIущIэ гуапэр зикI къысхуэмыгъэс…
Къыхоплъ кIыфIыгъэм схуемыгъэх гукъанэр,
Къыщос си гущIэм щIимыгъачэу уэс.
Уи деж
Сэ сфIэфIт си усэр куэдрэ мылIэжыну.
Сэ сфIэфIт ар хъуну мыкIуэдыж фэеплъ.
Иухмэ Тхьэшхуэм сэ сыщIалъхьэжыну,
Усэ сатырхэм къыпхуаIуатэм еплъ…
ГурыщIэ мафIэм ипсыхьащ си усэр.
Усэ сатырхэм псэуэ хэлъыр уэрщ.
Уэ уи цIэ згъафIэу дыгъэ бзийм и гъусэр
Лыдыжу нобэ си усыгъэм хэлъщ.
Зы махуи гъащIэр къысщыхъуакъым псысэу.
ГуфIэгъуи гуауи сэ сиплъащ я нэгу.
Сэ жэщи махуи узиIащ гупсысэу,
Усыгъэ шырхэр изэгъэху уанэгу.
Усэ сатырхэм хьэрфу къыщытIэпIыр
Си гущIэ мафIэм куэдрэ къегъэнэху.
Ужьыхыжынкъым си гурыщIэ-дэпыр,
Мы дуней нэхур нэхэм къыщIэпсэху.
Дакъикъэ ябгэр къыщыса уахътыми
Сэ срелIэж, пимыщэу махуэ лей, —
Мы дунеишхуэм гурыфIыгъуэу щыIэм
Сэ зыдэсхьынущ я нэхъ Iыхьэ лей:
Зэманыр уэркIэ хъункъым гущIэгъуншэ.
МылIэжыныпсэ сэ къысфIощIыр пхэлъ.
ПсэухукIэ усэр уэ ухъунщ уахътыншэ,
Ухъунщ уэ нобэ мыкIуэдыж фэеплъ.
Уи гум ар и нетт
СощIэж сэ фIыуэ а пщыхьэщхьэ гуауэр:
ЩыхупIэ дыдэм лъагъуныгъэр тетт.
ЩIэгъэхуэбжьати зэрызехьэр, дауэр,
Шэчыншэу уи гум щIыIэбжьын и нетт.
Мазэгъуэ жэщхэр тыншу пщыгъупщэжу
Ущежьэжами, пхэмылъа гущIэгъу.
Иджы, блэкIахэр нэгум къыщIыхьэжу,
Къэбгъэзэжауэ жоIэ: «Къысхуэгъэгъу».
Сыхуейщ сэ нобэ си гур жэуапыншэм.
Си гуауэм тыншу сэ сыхъуащ пэлъэщ.
Уи дзыхэм, гуIэм, уи нэ гущIэгъуншэм
СащIащ сэ нобэ жэуапыншэ, лъэщ.
Къэсхьыжынт тобэ
Си кIэн къикIамэ — ар мычэму лIыгъэт.
Театр утыкуу сэ къысфIэщIт дунейр.
ЛIыхъужь нэхъыщхьэу сэ сыджэгу си гугъэт…
Ситащ утыкум сщIэуэ сызыхуейр.
Дакъикъэ закъуэу псэр зыщыгуфIыкIым
Сэ еш сымыщIэу сыщIэтащ и дыгъэм.
Сэ сахэтакъым шынэ уз зэфыкIым —
Сэ куэдрэ мафIэм сыхэтащ и лыгъэм.
Къуаншагъэ псори сэ къызощтэ нобэ,
Сэ чэфыжьыпкъэм сыкъыхэкI нэхъей.
Си гугъэ лъапIэщ къэсхьыжыну тобэ,
БжьыхьэкIэ махуэу псэри хъуащ нэщхъей.
ЛIыхъужь нэхъыщхьи сыхэмыт и джэгум,
Си махуэр хъуакIэщ пшагъуэ зэфэзэщ.
БлэкIар шэ фIыцIэу къытохуэжыр си гум,
Си гъащIэм гуIэр хъуащ мычэму хуэщ.
Амман, Иордание
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31106.txt"
} |
БищIо Тимур и жэз медаль
БэнэкIэ хуитымкIэ Сербием щыIэ Зреняне къалэм щекIуэкIа дунейпсо чемпионатым Урысейм и командэ къыхэхам кадетхэм я деж бжьыпэр щиубыдащ. А гупым хэту Урысейм и чемпион, нарткъалэдэс БищIо Тимур (кг 69-рэ) ещанэ увыпIэр къихьащ икIи жэз медалыр къыхуагъэфэщащ.
Ди лъахэгъу бэнакIуэ ныбжьыщIэм и тренер Iэщнокъуэ Мухьэмэд иригушхуэу жеIэ иджырей текIуэныгъэр и гъэсэн ныбжьыщIэм и спорт лъагапIэхэм я япэ дэкIуеипIэу къызэрилъытэр.
Сокъур Риммэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31109.txt"
} |
Псыутхым утыкур егъэбжьыфIэ
Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэр нэхъри дахэ хъуащ макъамэм зыдэзыщIу «къафэ», зэмыфэгъуу къаблэ псыутхыр ЗэгурыIуэныгъэм и утым зэры-щаухуэрэ. Нэхъапэм утыр нэщIу щытамэ, иджы ар цIыху кIуапIэ, зэхуэсыпIэ зэрыхъуам гу лъыботэ.
Республикэм исхэм я дежкIэ саугъэт гъуэзэджэщ зи лъагагъыр зэщхьэщыкIыу псы къизыутхыкI, фалъэ теплъэ зиIэ псыутхыр. Псыутхыр компьютеркIэ ягъэлажьэ. Макъамэр зыхуэдэм елъытауэ, псыутхым и инагъымрэ и плъыфэмрэ ехъуэж. Макъамэ псынщIэ къыщеуэкIэ, псыутхым метр 25-м нэсу лъагэу зеIэт, и щхьэщыгум мафIэхэр щылы-ду. Ар классикэ, рок, лъэпкъ макъамэхэм «къыдофэ».
КъБР-м и Правительствэм и Унэм и гупэм къит псыутхым деж пщыхьэщхьэкIэрэ щIалэгъуалэри нэхъыжьыIуэхэри куэду щызэхуос. Утым ит тетIысхьэпIэхэм тес нэхъыжьхэр мэуэршэр, псыутхым и Iуфэм щызэхуэс щIалэгъуалэр зэроцIыху. Макъамэр зэхэзых сабийхэр къо-фэ. НыбжьыщIэхэм сыхьэт бжыгъэ хэхакIэ псыутхым и Iэгъуэблагъэхэм къыщажыхь утым деж пIалъэкIэ къагъэсэбэпыну щат шыхэмкIэ, лъакъуэрыгъажэхэмкIэ, цIыху зыбжанэ зэрыхуэ электромашинэмкIэ.
Зэхуэсахэм зыгъэпсэхупIэр къазэрыщыхъумкIэ деупщIащи, къыджаIам фыщыдогъэгъуазэ.
Александровэ Дианэрэ Крамер Екатеринэрэ (Псыхуабэ бзэщIэныгъэхэмкIэ и университетым и студентхэщ):
— гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэм иредгъэхьэлIэри, Налшык дыкъэкIуащ. Къалэм и щIыпIэ нэхъ дахэхэм ящыщ мы псыутхым и Iуфэм деж щIэх-щIэхыурэ ди зэманыр щыдогъакIуэ. Пщыхьэщхьэм сыхьэт 21.00 нэужьым мыбдеж цIыху куэд щызэхуос, псыутхыр макъамэм «къыдэфэу» щыщIидзэкIэ. Мы утыр хуабжьу дигу ирохь. Ар щэнхабзэ центр хъуауэ жыпIэ хъунущ.
Кадыровэ Залинэ (еджакIуэ):
— Мыбдеж гъунэгъуу сыщопсэури, си унагъуэм, ныбжьэгъухэм, шыпхъухэм я гъусэу сыкъокIуэ. Мы щIыпIэр тфIэщIэщыгъуэщ. Уасэ иIэкъым пщыхьэщхьэр мыбдеж щыбгъэкIуэну! Къэрэшей-Шэрджэсым щыщ, Интернет-сайткIэ къэсцIыхуу къезгъэблэгъа си ныбжьэгъу Аланэ иджыпсту си гъусэщ. Къалэм зыщезгъэплъыхьати, ди щIыуэпсым и къулеягъымрэ дахагъымрэ игу ирихьащ. Псом хуэмыдэу дэзыхьэхыпар мы псыутхырщ. Я щIыпIэм кIуэжмэ, псоми яхуиIуэтэжынущ Налшык зыгъэпсэхупIэ зэрикуэдымрэ дэт псыутхым и дахагъымрэ.
АфIэунэ Миланэ (мы гъэм япэ классым кIуэну зегъэхьэзыр):
— Дзэлыкъуэ районым хыхьэ Малкэ къуажэм сыщыщщ. Мыбдеж гъунэгъуу щыт сымаджэщым си узыншагъэм къыщыкIэлъоплъ. Си анэмрэ сэрэ хьэуа къабзэкIэ дыбэуэну дыкъыщIэкIащ. Псори сигу ирохь, мамэ мыбы иджыри Iэджэрэ зыкъезгъэшэнущ.
Тамерлан (школакIуэ):
— Сэри Миланэ зыщигъэхъуж сымаджэщым сы- щIэлъщ. Псыутхыр Iейуэ сигу ирихьащ, ауэ абы ит псыр зэрахъуэкIыну и чэзу зэрыхъуам гу лъыстащ. Гъэ еджэгъуэщIэм щIэддзэжмэ, дапщэщи хуэдэу, гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэр зэрыдгъэкIуам теухуа сочиненэ ттхыжыну къытпэщылъщ. Абы Iэмал имыIэу хэзгъэхьэнущ мы утым гукъинэжу икIи гъэщIэгъуэну зэманыр зэрыщызгъэкIуар.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Сурэтыр МАМИЙ Руслан трихащ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31112.txt"
} |
Лъэсу зекIуэми ягъэ кIынукъым
Пэш зыкъизыххэм щIэсхэм куэд ятокIуадэ. Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм къэрал къулыкъущIэхэр щыгъэмэщIэн, къэнахэр автомобиль нэхъ пудхэм игъэтIысхьэн, языныкъуэхэр, хэбгъэзыхьмэ, лъэсу лэжьакIуэ кIуэуэ ирагъэсэн хуейщ — апхуэдэу къыщалъытэ Урысейм ФинансхэмкIэ и министерствэм.
— Къэрал къулыкъущIэхэм КИФЩI-м куэдкIэ нэхъыбэ щатокIуадэ УФ-м и адрей щIыналъэхэм нэхърэ. Мыбы къэрал къулыкъущIэхэр бжыгъэкIи ятекIуадэ мылъкукIи щыегъэлеящ, — щыжиIащ Минфиным и Iэтащхьэ Силуанов Антон Кавказ Ищхъэрэм и псэуныгъэ-экономикэ зыужьыныгъэмкIэ правительствэ комиссэм и зэIущIэм.
Урысейм цIыху мин къэс къэрал къулыкъущIэу ику иту 1,8-рэ щыхуэзэмэ, псалъэм и хьэтыркIэ, Ингушым а бжыгъэр 4,6-м, Дагъыстэным 3,5-м щынос, зэрыщыту округыр, къапщтэмэ, 2,1-рэ щохъу.
Бжыгъэхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, щIыналъэр нэхъ цIыкIуху къэрал къулыкъущIэхэр проценткIэ нэхъыбэщ, ахэр гъэлэжьэнми нэхъ куэд токIуадэ.
ЦIыху миным ятещIыхьауэ Урысейм зы къулыкъущIэм сом мин 1,5-рэ щыхуэзэмэ, а бжыгъэр Шэшэным сом мини 3, Къэбэрдей-Балъкъэрым сом мини 2 щохъу, — къыхигъэщхьэхукIащ Силуановым.
Кавказ къулыкъущIэхэр автомобилхэмкIи къулейщ.
— Псоми ятекIуэр, дауи, Шэшэн Республикэрщ. Урысейм къэрал IуэхущIапIэхэм я автомашинэхэм ящыщу процент 0,6-рэ фIэкIа зы къэрал къулыкъущIэм щыхуэмызэмэ, Шэшэным а бжыгъэр 0,25-рэ щохъу. Абы щыгъуэми, Шэшэн Республикэм хуозэ щIыналъэ псом щызекIуэ къулыкъущIэ автомашинэхэм я зэхуэдитIыр. Аращи, мыбы щызэбгъэзэхуэн щыIэщ, — пищащ Силуановым.
Кавказ Ищхъэрэм и республикэхэр жэнэт щIыпIэщ налог льготэхэм я лъэныкъуэкIи. Къапщтэмэ, нэгъабэ округым налог льготэхэр сом меларди 7,3-рэ е налог хэхъуэ псоми я проценти 6,3-рэ щыхъуащ. Языныкъуэ щIыналъэхэм мылъкум техуэ налогымкIэ льготэхэр щалъоIэс налог зыт псоми я процент 90-м. 2012 гъэм Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм транспорт налогыу къыщыIахэр ику иту Урысейм къыщыхахам и процент 42-рщ. Транспорт налогымкIэ льготэхэр псори зэхэту сом меларди 3,2-рэ мэхъу.
— Iуэхур мыпхуэдэу щытщ: зы транспортым Кавказ Ищхъэрэ округым налогыу къыщыпыкIыр сом 466-рэщ, абы щыгъуэми, Урысейм а бжыгъэр сом мини 2 щохъу, — жиIащ Силуановым.
Министрым и псалъэхэм ятепщIыхьмэ, транспорт налогыр тэмэму къыхахмэ, Ставрополь крайм и бюджетыр сом мелардкIэ, Дагъыстэным — сом мелуан 873-кIэ, Шэшэным — сом мелуан 385-кIэ нэхъыбэ хъунущ.
— Дэ къыдолъытэ ахъшэ яхуэутIыпщыным хуэгъэза къалэныщIэхэр ди пщэ дэдмылъхьэжу, президентым и унафэхэр гъэзэщIэным ди къарухэр хузэщIэдгъэуIуэн хуейуэ, — жиIащ Силуановым.
Министрым къызэрыхигъэщамкIэ, Кавказ Ищхъэрэм льготэхэр щыгъэмэщIэным хуэгъэзауэ къыхалъхьэ Iуэхухэм кавказ республикэхэр зыхуеинухэм хуэдиз, уеблэмэ щIигъу къыдагъэхуэфынущ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, Кавказ Ищхъэрэм зегъэужьыным зэпымыууэ сом мелардхэр трагъэкIуэдэн хуей хъунукъым.
Я бгырыпх къэлэлахэр къулыкъущIэхэм щIакъузэмэ, щIыналъэхэм ахъшэ ярикъунущ.
КРИВЯКИНЭ Еленэ.
«Комсомольская правда»
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31118.txt"
} |
«Къысхуэгъэгъу»
«Комсомольская правда» газетым и лэжьакIуэр Дамаск и лъэхъуэщым щепсэлъащ яубыда бзаджащIэм, нэхъапэм Новороссийск тхъэжу щыпсэуа цIыхум.
Аль-Хатыб-Яхья нэкIу Iупхъуэ Iулъщ, шыхэм я нэхэм Iуалъхьэхэм нэхърэ мынэхъ цIыкIуу. АрщхьэкIэ тхьэкIумэ- кIыхьым хуэдэу мэкIэзыз. Магъ. Илъэс 34-рэ зи ныбжь Яхья, Новороссийск щыщ хьэрычэтыщIэр, мазэ и пэкIэ правительствэ дзэхэм япэщIэтащ къэмыланджэу икIи зыкъыфIэщIыжауэ. Иджы абы къыпэплъэр шынагъуэщ — яукIынущ е къыхуэнэжа гъащIэр лъэхъуэщым щигъэкIуэнущ.
— Сэ илъэсипщI щызгъэкIуащ Урысейм. Сыщыпсэуну хуит сащIат. Си щхьэгъусэр Новороссийск дэсщ. Сэ сыкъулейщ. Унэшхуэхэр, хьэщIэщхэр щызиIэщ Тартуси Истамбыли, — жеIэ абы.
Яхья Сирием къыщалъхуащ, къыщыхъуащ, ауэ урысыбзэр уэрсэрыжьу егъэшэрыуэ.
— Сыт атIэ уэ апхуэдэ псэукIэ дахэр щIэпхъуэжар?
— Си къуэшым и къуэм сыкъигъэделащ. Сирием IуэхукIэ сыкъыщыкIуам къызжиIащ: еплъ ди къэралым щекIуэкIым, Асад и блыгущIэтхэм ягъахъэм. Мурад сщIащ нэгъуэщIхэр зыукI цIыхухэр сукIыну. ЯпэщIыкIэ ахъшэ яхуэзгуэш къудейт.
— Дэнэт къыздикIыр ахъшэр?
— Сауд Хьэрыпым, Кувейтым. ИужькIэ батальоным и унафэщIым и къуэдзэу сагъэуващ.
— НэгъуэщI къалэнхэри уи пщэ дэлът?
— Шэшэным, Дагъыстэным, Узбекистаным цIыху куэд къокI. Сэ ахэр щыгъуазэ сщIын хуейт Iуэхур зыIутым.
— Хэт сымэ? Хэт ахэр къэзышэр?
— Илъэс 27-30 зи ныбжь щIалэхэщ. Илъэс 40-м нэблэгъахэри яхэтщ. Урысейм кIуэ цIыхухэр щыIэщ. МакIуэри, абы щагъэлъагъуэ видео, тхылъхэм ирагъаджэ. Щагъэгъуазэ Сирием щекIуэкIхэм. Сирием щызэуэн папщIэ ахъшэ ират.
— Сыт хуэдиз?
— Доллар минитху хуэдиз, языныкъуэхэм деж нэхъ мащIэ.
— Ахэр Сирием и закъуэ здрагъэблагъэр?
— Сэ къызжаIащ Сирием Iуэхур щызэфIэдгъэкIмэ, Урысейм дыкIуэну. ЦIыхухэр зэтедукIэн папщIэ. ИтIанэ Америкэм, Инджылызым.
— Уэ илъэс зыкъомкIэ Урысейм ущыпсэуащ, къыбгурыIуэрэт иужькIэ Урысейм укIуэу зэрыджаурым къыхэкIыу уи щхьэгъусэр, уи ныбжьэгъухэр букIын хуей зэрыхъунур?
— КъыщызгурыIуам щыгъуэ кIасэ хъуат…
— Ар къыщыбгурыIуар сыт щыгъуэ?
— Зауэм сыкIуэу мазэ хуэдиз дэкIа иужь.
Верэ къэпсалъэри, гъыуэ, къызэлъэIуащ: «Къэгъэзэж, кхъыIэ, умызауэ», — жиIэри. АрщхьэкIэ згъэзэж хъунутэкъым: си унагъуэри сэри даукIыну къызжаIати. Мыбы хьэкIэкхъуэкIагъэ хабзэхэр щызекIуэу къыщIэкIащ. Ахъшэ ямыIэмэ, боевикхэр унагъуэхэм ятоуэри, цIыхухэр яукI, яхъунщIэ, ядыгъу. ГъуэгурыкIуэ цIыхухэр яукI. Сэ слъэгъуащ унагъуэ псо зэраукIар.
— Уэ апхуэдэм ухэта?
— Сыщыхэтащ Дамаск и гъунэгъуу.
— ЩIыпIэм щыпсэухэр фэ фи телъхьэт, къывдэIэпыкъурэт?
— Языныкъуэхэм деж.
— Сыт яжепIэнт джихадым кIуэну зызыгъэхьэзырхэм?
Яхья аргуэру мэкIэзыз. Ар хьэпсым щIашэж. Щхьэгъубжэ цIыкIур сэр щхьэкIэ къызэIуах. Яхья жеIэ:
— Верэ, къысхуэгъэгъу…
Бероевэ Нигинэ.
«Комсомольская правда»
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31120.txt"
} |
КъБР-м и ТВ-мрэ радиомрэ
1 КъБР «Мир» канал
Блыщхьэ, фокIадэм и 2
7.00 Мультфильм (6+)
7.10 ««Ныбжьэгъухэм я гушыIэ». ГушыIэ программэ (адыгэбзэкIэ) (16+)
7.40 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр»
8.15 «ФIым телэжьэн». КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Даур Иринэ (адыгэбзэкIэ) (12+)
8.45 «Iущыгъэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (6+)
9.10 «49-нэ каналым и пощт»
17.20 Мультфильм (6+)
17.40 «Седьмая скорость». Автомобилистхэм папщIэ тележурнал (12+)
18.00 «49-нэ каналым и пощт»
19.30 Мультфильм (6+)
19.35 «Нанэ и псэ». Адэ-анэхэм папщIэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (16+)
20.05 «Гупсысэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
20.30 «Нэхъ лъапIэ дыдэ». Тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат Болэ Ильзитэ (адыгэбзэкIэ) (12+)
21.00 «Япэ». Композитор Къардэн Хьэсэн (12+)
21.40 ХъыбарыщIэхэр
Гъубж, фокIадэм и 3
7.00 Мультфильм (6+)
7.20 «Зы уэрэдым и хъыбар» (адыгэбзэкIэ) (12+)
7.40 ХъыбарыщIэхэр
8.00 «Iуэху еплъыкIэ». Мейкъуапэ и щэнхабзэр (адыгэбзэкIэ) (12+)
8.25 «Лъэхъэнэ». Филологие щIэныгъэхэм я доктор Биттировэ Тамарэ (балъкъэрыбзэкIэ) (I6+)
8.55 «49-нэ каналым и пощт»
17.20 Мультфильм (6+)
17.40 «Сабий усэхэр». Нало Заур и усэхэр (адыгэбзэкIэ) (12+)
18.00 «49-нэ каналым и пощт»
19.30 «Узыншэу фыщыт». Тележурнал (адыгэбзэкIэ) (12+)
19.55 «Къафэм и гуащэ». РСФСР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Шэру Соня (адыгэбзэкIэ) (16+)
20.30 «Сэлам алейкум, Музэфар!». Композитор, журналист Этчеев Музэфар теухуауэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
21.10 «Псы цIыкIухэм я къаруушхуэр». Шэрэдж Ищхъэрэ ГЭС каскадыр (16+)
21.40 ХъыбарыщIэхэр
Бэрэжьей, фокIадэм и 4
7.00 Мультфильм (6+)
7.20 «Зы уэрэдым и хъыбар» (адыгэбзэкIэ) (12+)
7.40 ХъыбарыщIэхэр
8.00 «Ди псэлъэгъухэр». Лэскэн ЕтIуанэ къуажэ администрацэм и унафэщI Сомгъур ФатIимэ (адыгэбзэкIэ) (12+)
8.30 «IэпщIэлъапщIэ». Башиев Мурадин (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
8.55 «49-нэ каналым и пощт»
17.20 Мультфильм (6+)
17.40 «Перспектива». КъБР-м и радиотелевизионнэ каналыр (12+)
18.00 «49-нэ каналым и пощт»
19.30 «Дыщэ пхъуантэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (6+)
19.55 «ЩIалэгъуэ» (адыгэбзэкIэ) (16+)
20.25 «Унагъуэ». Кэнжэ къуажэ щыпсэу Атабиевхэ я унагъуэр (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
20.55 «ЦIыхубэ IэпщIэлъапщIэхэр». Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу гъукIэхэм я зэхуэс (12+)
21.30 «Зи чэзу псалъэмакъ» (16+)
21.40 ХъыбарыщIэхэр
Махуэку, фокIадэм и 5
7.00 Мультфильм (6+)
7.10 «Гухэлъ макъамэхэр». «Мелодия» пшынауэ ансамблыр (адыгэбзэкIэ) (12+)
7.40 ХъыбарыщIэхэр
8.00 «Нобэ, пщэдей…». Сабий творчествэмкIэ республикэ унэм щекIуэкIа гъэлъэгъуэныгъэм къратыкI репортаж (адыгэбзэкIэ) (12+)
8.25 «Гюрен». Спорт программэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
8.55 «49-нэ каналым и пощт»
17.20 Мультфильм (6+)
17.40 Спорт хъыбархэр
18.00 «49-нэ каналым и пощт»
19.30 «Хъуромэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (6+)
19.50 «Динымрэ гъащIэмрэ» (адыгэбзэкIэ) (12+)
20.20 «ЦIыху». Лэжьыгъэм и ветеран Мустафаев Шабас (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
20.45 «Гъуэгу щIэдзапIэ». Саратов консерваторэм и студент Жубоев Жамболэт (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
21.15 «КъэкIуэнур нобэрей махуэм пыщIащ». Дохутыр Толга Мухьиттин (Кипр Ищхъэрэ) (12+)
21.40 ХъыбарыщIэхэр
Мэрем, фокIадэм и 6
7.00 Мультфильм (6+)
7.15 «Адыгэ шхыныгъуэхэр» (адыгэбзэкIэ) (12+)
7.40 ХъыбарыщIэхэр
8.00 «Нарт пшыналъэхэр». «Жьыу» ансамблыр. Адыгэ Республикэ (адыгэбзэкIэ) (12+)
8.25 «Чыкъэн». УсакIуэ, зэдзэкIакIуэ Геккиев Магомед и творчествэм теухуауэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
8.55 «49-нэ каналым и пощт»
17.20 Мультфильм (6+)
17.35 «Сабиигъуэм и лъахэ». УсакIуэ Хьэту Пётр (адыгэбзэкIэ) (12+)
18.00 «49-нэ каналым и пощт»
19.30 Бещтокъуэ Хьэбас. Усэхэр зэрыт дэфтэр (адыгэбзэкIэ) (16+)
19.50 «ЩIыуэпс». Дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэн (адыгэбзэкIэ) (12+)
20.15 Балъкъэрыбзэр хъумэным теухуауэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
20.45 «Автограф». ЗекIуэрей Азэмэт (12+)
21.10 «Гупсысэр — псалъэкIэ» (16+)
21.40 ХъыбарыщIэхэр
Щэбэт, фокIадэм и 7
7.00 Мультфильм (6+)
7.15 «Зи IэщIагъэм хуэпэж» (адыгэбзэкIэ) (12+)
7.40 ХъыбарыщIэхэр
8.00 «Псыпэхэш». Адыгэ джэгуакIуэ Сыжажэ Къылъшыкъуэ къызэралъхурэ илъэси 150-рэ ирокъу (адыгэбзэкIэ) (16+)
8.35 «Хьэлэл фхухъу!..» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
8.55 «49-нэ каналым и пощт»
18.00 Мультфильм (6+)
18.15 «49-нэ каналым и пощт»
19.15 «ЩIэныгъэлI». ЩIэныгъэлI-кавказыдж Турчанинов Георгий (адыгэбзэкIэ) (16+)
19.50 «Республикэм щыхъыбархэр». ХъыбарыщIэхэр (адыгэбзэкIэ)
20.05 «Iущыгъэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (6+)
20.25 «Ыйыкъ». ХъыбарыщIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ)
20.45 «ТВ-галерея». Актер Нало Аскэр (12+)
21.15 «Чемпионхэр». СССР-м бэнэкIэ хуитымкIэ спортым и мастер Къарэмыщ Мухьэмэд (12+)
Тхьэмахуэ, фокIадэм и 8
7.00 Мультфильм (6+)
7.10 «Макъ жьгъырухэр». Композитор Блашэ Владимир (адыгэбзэкIэ) (12+)
7.40 «Республикэм щыхъыбархэр». ХъыбарыщIэхэр (адыгэбзэкIэ)
7.55 «Ди щIэин». Отаров Керим и цIэр зезыхьэ балъкъэр щэнхабзэ центрыр (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
8.25 «Ыйыкъ». ХъыбарыщIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ)
8.40 «Тхьэм и унэм ухуэзышэ гъуэгу» (12+)
8.55 «49-нэ каналым и пощт»
18.00 Мультфильм (6+)
18.10 «49-нэ каналым и пощт»
19.10 «ГъащIэ гъуэгуанэ». УсакIуэ Щоджэн Леонид (адыгэбзэкIэ) (12+)
19.55 «Макъамэм и дуней». Скрипкэм еуэ Башиев Магомед (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
20.15 «Зэманымрэ цIыхумрэ». КъБР-м и тхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ КхъуэIуфэ Хьэчим (16+)
20.50 СССР-м и цIыхубэ артист Темыркъан Юрэ (16+)
21.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр»
КъБР-м и радио
Блыщхьэ, фокIадэм и 2
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ):
7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 13.00, 14.00, 15.00, 16.00, 17.00, 18.00
7.15/13.05 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ)
7.45/14.50 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ)
8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ)
8.20/16.32 «ЩIэныгъэм и дунейм — зыплъыхьакIуэ» (балъкъэрыбзэкIэ)
8.40/14.35 «Зи чэзу Iуэхум теухуауэ» (адыгэбзэкIэ)
9.00/18.05 «Ди псэлъэгъухэр» (урысыбзэкIэ)
9.25/18.30 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ)
10.05 «Утыку» (адыгэбзэкIэ)
10.25/16.05 «Макъамэ яхъумахэр» (адыгэбзэкIэ)
11.05/17.05 «Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ)
11.25/17.25 «Уэрэдыр тыгъэ фхузощI» (балъкъэрыбзэкIэ)
11.48/17.48 «Гюрен». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ)
12.05/15.35 «ПсэукIэ» (урысыбзэкIэ)
12.25/15.05 «КъехьэкI-нехьэкI зыхэмылъ псалъэмакъ» (урысыбзэкIэ)
14.05-14.35 «Дыхьэшхэным и хъуреягъкIэ» (адыгэбзэкIэ)
Гъубж, фокIадэм и 3
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ):
7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 13.00, 14.00, 15.00, 16.00, 17.00, 18.00
7.15/13.05 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ)
7.45/14.45 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ)
8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ)
8.20/16.30 «Боракъ» (балъкъэрыбзэкIэ)
9.00/18.05 «Зэманыр, къэхъукъащIэхэр, Iуэху еплъыкIэхэр» (урысыбзэкIэ)
9.20/18.25 «Дэрэжэгъуэ» (урысыбзэкIэ)
10.05 «Адыгэхэр: тхыдэр, гъэсэныгъэр» (адыгэбзэкIэ)
10.50/15.50 «Зэхэфха? Флъэгъуа?» (адыгэбзэкIэ)
11.05/17.30 Балъкъэр цIыхубэ уэрэдхэр (балъкъэрыбзэкIэ)
11.30/17.05 «Ойта» (балъкъэрыбзэкIэ)
12.05/15.30 «Тхыдэм и щыхьэтхэр» (урысыбзэкIэ)
12.25/15.05 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ)
12.45/14.30 «Таурхъан» (адыгэбзэкIэ)
14.05/16.05 «Макъамэ калейдоскоп» (адыгэбзэкIэ)
Бэрэжьей, фокIадэм и 4
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ):
7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 13.00, 14.00, 15.00, 16.00, 17.00, 18.00
7.15/13.05 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ)
7.45/14.50 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ)
8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ)
8.20/17.05 «Лэгъупыкъу» (балъкъэрыбзэкIэ)
8.45/16.50 «Гюрен». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ)
9.00/18.05 «Зи чэзу Iуэхум теухуауэ» (урысыбзэкIэ)
9.25/18.25 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ)
10.05/16.05 «ЩIымрэ абы телэжьыхь цIыхумрэ» (адыгэбзэкIэ)
10.25/16.20 Гухэлъ уэрэдхэм я концерт (адыгэбзэкIэ)
11.05-11.22 «Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ)
11.30/17.30 «Сэлам алейкум» (балъкъэрыбзэкIэ)
12.05/15.05 «Гъуазджэм и щIыналъэ» (урысыбзэкIэ)
12.40/15.40 «Кавказым и симфоние» (урысыбзэкIэ)
14.05 «Уэрэдыр и Iэпэгъуу» (адыгэбзэкIэ)
14.30 — 14.50 «Усыгъэм и сатыр мыкIуэдыжынухэр…» (адыгэбзэкIэ)
Махуэку, фокIадэм и 5
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ):
7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 13.00, 14.00, 15.00, 16.00, 17.00, 18.00
7.15/13.05 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ)
7.45/18.43 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ)
8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ)
8.20/17.05 «Дэ къытхуэнар» (балъкъэрыбзэкIэ)
9.00/18.05 «КIэщIу — нэхъыщхьэм теухуауэ» (урысыбзэкIэ)
9.20/15.25 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ)
9.30/15.45 «Псэм и налъэхэр» (урысыбзэкIэ)
9.42/15.35 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ)
10.05/16.05 «Динымрэ гъащIэмрэ» (адыгэбзэкIэ)
10.20/16.20 «БлэкIа лIэщIыгъуэхэм къытхуагъэна уэрэдыжьхэр» (адыгэбзэкIэ)
10.45/16.45 «ДунейгъафIэ». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ)
11.05/14.05 «Тейри къылыч» (балъкъэрыбзэкIэ)
11.30/17.35 «Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ)
12.05/15.05 «Макъамэм и толъкъунхэм» (урысыбзэкIэ)
12.30/18.20 «ПсэукIэ» (урысыбзэкIэ)
14.30-15.00 «Пшыналъэ». Нэгузегъэужь нэтын (адыгэбзэкIэ)
Мэрем, фокIадэм и 6
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ):
7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 13.00, 14.00, 15.00, 16.00, 17.00, 18.00
7.15/13.05 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ)
7.45/18.39 «Щэнхабзэм теухуауэ» (адыгэбзэкIэ)
8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ)
8.20/17.30 «Дыщэ пхъуантэ цIыкIу» (балъкъэрыбзэкIэ)
8.35/14.05 «Уэсылъэ къуршхэм я макъамэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ)
9.00/18.05 «Ди гъащIэм мыхьэнэшхуэ щызиIэ» (урысыбзэкIэ)
9.25/15.35 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ).
10.05 «Эфирыр псоми папщIэ» (адыгэбзэкIэ)
10.25 «Лъэпкъ прозэм и напэкIуэцIхэр» (адыгэбзэкIэ)
10.45/16.05 «Лэгъупыкъу». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ)
11.05/13.50 «Гуапагъэмрэ уахътыншагъэмрэ ятеухуауэ» (балъкъэрыбзэкIэ)
11.20/17.05 «Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ)
11.45/17.45 «Гюрен». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ)
12.05/15.05 «Гъуазджэм и щIыналъэ» (урысыбзэкIэ)
12.35/18.20 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ)
12.44/18.29 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ)
14.30/16.25 «Ди гъусэу зывгъэпсэху» (адыгэбзэкIэ)
Щэбэт, фокIадэм и 7
7.00/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ)
7.38/13.38 «Вагъуэбэ» (адыгэбзэкIэ)
8.00/15.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ)
8.25/15.25 «Эрирей» (балъкъэрыбзэкIэ)
9.00/18.00 «Я гулъытэ нэхъыщхьэр зыхуэгъэзар» (урысыбзэкIэ)
9.25/18.25 «Дыщыпсэу дунейр» (урысыбзэкIэ)
9.45/18.45 «Усыгъэм и сатыр мыкIуэдыжынухэр» (урысыбзэкIэ)
10.00/10.30 «Дэрэжэгъуэ» (адыгэбзэкIэ)
10.50/14.50 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ)
11.00/16.00 «Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ)
11.21/16.21 «Топалайчыкъ» (балъкъэрыбзэкIэ)
11.30/16.30 «Iуащхьэмахуэ и щыгум щыIу уэрэдхэр» (балъкъэрыбзэкIэ)
12.00/17.00 «ГукъыдэжыфI» (урысыбзэкIэ)
12.44/17.44 Спорт хъыбархэр (урысыбзэкIэ)
14.00-14.50 «Радиотеатр» (адыгэбзэкIэ)
Тхьэмахуэ, фокIадэм и 8
«ХъыбарыщIэхэр». Тхьэмахуэм къэхъуахэр (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 8.00, 10.00, 12.00, 14.00, 15.00, 17.00
7.00/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ)
7.40/14.40 «ФIыуэ тлъагъу макъамэхэр» (адыгэбзэкIэ)
8.10/15.10 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ)
8.45/15.40 «Гюрен». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ)
9.00/18.00 «Зи чэзу Iуэхум теухуауэ» (урысыбзэкIэ)
9.35/18.35 «Дыщыпсэу дунейр» (урысыбзэкIэ)
9.45/18.45 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ)
10.10/14.10 «Ди зэIущIапIэм» (адыгэбзэкIэ)
10.40 – 10.58 «Школ хъыбархэр» (адыгэбзэкIэ)
11.00/16.00 «Ди хъугъуэфIыгъуэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ)
12.10/17.10 «Театрыр микрофоным Iутщ» (урысыбзэкIэ)
13.35 — 14.00 «Уэрэд цIэрыIуэхэмрэ къызыдэфэ макъамэхэмрэ» (адыгэбзэкIэ)
КъБР-м и ТВ
Блыщхьэ, фокIадэм и 2
7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр
11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ)
11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ)
14.30, 17.10, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр
18.30 КъБР-м и Къэралыгъуэм и махуэр зэрагъэлъэпIам къратыкI репортаж
Гъубж, фокIадэм и 3
7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр
9.00 «Басир». УФ-м щIыхь зиIэ и артист Шыбзыхъуэ Басир (адыгэбзэкIэ)
11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ)
11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ)
14.30, 17.10, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр
18.30 «Зэманым и лъэужь» программэр
19.20 КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI КIыщ Мухьэдин
Бэрэжьей, фокIадэм и 4
7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр
11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ)
11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ)
14.30, 17.10, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр
18.30 «Адэхэмрэ бынхэмрэ». Ток-шоу
Махуэку, фокIадэм и 5
7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр
9.00 «Нобэ япщэфIхэр»
11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ)
11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ)
14.30, 17.10, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр
18.30 «Дыгъуасэ. Нобэ. Пщэдей». Лэжьыгъэм и ветеран Шэрджэс Хь . (адыгэбзэкIэ)
19.15 Эверест бгым дэкIа Хаджиев Азнор (балъкъэрыбзэкIэ)
19.30 «Къэбэрдей-Балъкъэрым и зыгъэпсэхупIэхэр». «Налшык» зыгъэпсэхупIэр
Мэрем, фокIадэм и 6
7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр.
11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ)
11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ)
14.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр
17.10 ЩIыпIэ зэман. Кавказ Ищхъэрэм щыхъыбархэр
Щэбэт, фокIадэм и 7
8.10, 11.10, 14.20 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр
10.05 «Нобэ япщэфIхэр»
10.40 «Уи дуней»
Тхьэмахуэ, фокIадэм и 8
10.20 ЩIыпIэ зэман. «Тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр»
14.20 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр
ВГТРК-м и радио
Блыщхьэ, фокIадэм и 2
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10
7.25 — 7.45 ЦIыхуитIым зэдыжаIэ уэрэдхэр (адыгэбзэкIэ)
7.45 — 8.00 Созаев Ахъмэт. «МахуэщIэм къыдит гуфIэгъуэр» (балъкъэрыбзэкIэ)
10.15 — 10.30 «ЕгъэджакIуэу ущытыныр фIыгъуэшхуэщ». Мечиевэ Л. (балъкъэрыбзэкIэ)
13.25 — 14.00 «Зи чэзу псалъэмакъ»
16.25 — 16.33 Дызэгъусэу дыкъоджэ. Антуан де Сент-Экзюпери. «Планета людей»
Гъубж, фокIадэм и 3
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.10, 10.00, 13.10, I16.10, 18.10
7.25 — 7.45 Дудар Хьэутийрэ ШэджыхьэщIэ Хьэмыщэрэ я гушыIэ рассказхэр (адыгэбзэкIэ)
7.45 — 8.00 Таумурзаев Д. «Зы уэрэдым и хъыбар» (балъкъэрыбзэкIэ)
10.15 — 10.30 Шыбзыхъуэ Мухьэдин. «Къуаншэр бажэрщ». Сабийхэм папщIэ таурыхъ (адыгэбзэкIэ)
13.25 — 13.45 Жырыкъ Заур иуса уэрэдхэр (адыгэбзэкIэ)
13.45 — 14.00 Усыгъэм и дакъикъэхэр. Кулиев Къайсын (балъкъэрыбзэкIэ)
16.25 — 16.33 Дызэгъусэу дыкъоджэ. Антуан де Сент-Экзюпери. «Планета людей»
Бэрэжьей, фокIадэм и 4
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10
7.25 — 7.45 Тхьэгъэлэдж Светланэ уэрэд жеIэ (адыгэбзэкIэ)
7.45 — 8.00 Сабийхэм усэ дакъыхуоджэ (балъкъэрыбзэкIэ)
10.15 — 10.30 «Мазэм и макъамэ». Гуртуев Эльдар (балъкъэрыбзэкIэ)
13.25 — 14.00 Джыназ Нурбий и тхыгъэм къытращIыкIа радиопостановкэ (адыгэбзэкIэ)
16.25 — 16.33 Дызэгъусэу дыкъоджэ. Антуан де Сент-Экзюпери. «Планета людей»
Махуэку, фокIадэм и 5
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 10.00, 13.10, 16.10, 18.10
7.10 — 8.00 «Жьырытэдж». ХъыбарегъащIэ-нэгузыужь канал
10.15 — 10.30 «Усэ фIыуэ зылъагъухэм папщIэ» (адыгэбзэкIэ)
13.25 — 14.00 «Гъуэплъыфэ mix»
16.25 — 16.33 Дызэгъусэу дыкъоджэ. Антуан де Сент-Экзюпери. «Планета людей»
Мэрем, фокIадэм и 6
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10
7.25 — 8.00 «Жьырытэдж» (адыгэбзэкIэ)
10.15 — 10.30 «Псалъэ гуапэ». Гергокаевэ Хьэлимэт уэрэд жеIэ (балъкъэрыбзэкIэ)
13.25 — 13.45 Спорт хъыбархэр
13.45 — 14.00 IутIыж Борис. «Къалэн хьэлъэ». Радиорассказ
16.25 — 16.33 Дызэгъусэу дыкъоджэ (адыгэбзэкIэ)
Щэбэт, фокIадэм и 7
10.10 — 11.00 «Кавказым и пшэплъхэр». Радиожурнал.
12.10 — 12.25 «КъБР: махуэр махуэм кIэлъыкIуэу». ХъыбарыщIэхэр (адыгэбзэкIэ)
12.25 — 12.40 «КъБР: махуэр махуэм кIэлъыкIуэу». ХъыбарыщIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ)
12.40 — 13.00 «Луна-парк». ЩIалэгъуалэ зэхуэсыпIэ
Тхьэмахуэ, фокIадэм и 8
10.10 — 10.25 «КъБР: махуэр махуэм кIэлъыкIуэу». ХъыбарыщIэхэр
10.25 — 10.40 «Къалэ гъащIэ». ЩIалэгъуалэм папщIэ
10.40 — 11.00 «Тхыдэм и напэкIуэцIхэр». Былым къуажэр
12.10 — 13.00 Театрыр микрофоным Iутщ. Сонэ Мухьэрбий. «Лизэ и гъащIэр»
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31128.txt"
} |
ЛэжьапIэншэхэм я бжыгъэм кIэроху
2013 гъэм бадзэуэгъуэм и 1-м ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм цIыхухэр лэжьапIэкIэ къызэгъэпэщынымкIэ и органхэм лэжьапIэншэу щатхар зэрыхъур 8649-рэщ. Ар нэгъабэ и апхуэдэ зэман дыдэм елъытауэ проценти 10,2-кIэ нэхъ мащIэщ.
КъБР-м ЦIыхухэр лэжьапIэкIэ къызэгъэпэщынымкIэ и къэрал комитетым и къудамэм и унафэщI Мамбэт ФатIимэ къызэрилъытэмкIэ, лэжьапIэншагъэр нэсу щIахуэмыгъэкIуэдым и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ IэнатIэщIэу къызэIуаххэр иджыри зэрымащIэр, зыпэрыт IэнатIэм езыхэм я жэрдэмкIэ къыпэрыкIыж цIыхухэм я бжыгъэм зэрыхэхъуэр, щIалэгъуалэр, ныкъуэдыкъуэхэр, зи ныбжьыр пенсэ кIуэгъуэм нэблэгъахэр, сабий куэд, сабий ныкъуэдыкъуэ, сабий цIынэ зиIэхэр лэжьапIэ зытхэм къащтэн зэрафIэмыфIыр, нэгъуэщIхэри.
КъБР-м ЦIыхухэр лэжьапIэкIэ къызэгъэпэщынымкIэ и къэрал комитетым и пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31131.txt"
} |
Сыт хуэдэ Iуэхуми хуэIэижь
Дунейм цIыхуу тетыр я фэкIэ, хьэл-щэнкIэ, гупсысэкIэкIэ, IуэхущIафэкIэ зэщхьэщокI. Нэхъыбэр иролажьэ зрагъэгъуэта IэщIагъэм, адрейхэри абы къыдэкIуэу нэгъуэщI Iуэхугъуэхэми дахьэх. ЕтIуанэрейхэм ящыщт физико-математикэ щIэныгъэхэм я кандидат, КъБКъУ-м дифференциальнэ уравненэхэмкIэ и кафедрэм и доцент, цIыху зэпIэзэрыту гъащIэр езыхьэкIа Бозий Людин Iэмин и къуэр. Математик Iэзэр хуабжьу дихьэхырт есэпым пэжыжьэ IуэрыIуатэм, тхыдэм, анэдэлъхубзэм, лъэпкъ литературэм. Псэужамэ, абы и ныбжьыр мы махуэхэм ирикъунут илъэс 80…
Бозийр Аруан куейм хыхьэ Псыгуэнсу (Жанхъуэтхьэблэ) адыгэ жылэжьым къыщалъхуащ 1933 гъэм шыщхьэуIум и 27-м. И сабиигъуэр зэман хьэлъэм хиубыдами, щIалэр къэтэджащ псэ хьэлэлу, гу къабзэу, еджэнымрэ щIэныгъэ лъагэмрэ хуэпабгъэу. Къуажэ школыр ехъулIэныгъэ иIэу къиуха нэужь, Людин щIэтIысхьащ Къэбэрдей пединститутым и физико-математикэ факультетым. Еджэныр къызыхуэтыншэу зэфIигъэкIри, Людин къуажэ школым къигъэзэжащ, математикэм и хабзэхэм щIэблэр хуригъэджэну. Илъэс зыбжанэкIэ абы щылэжьащ, егъэ-джэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм ехъулIэныгъэфIхэр щызыIэригъэхьэу, къыдэлажьэхэми къуажэдэсхэми пщIэ къыхуащIу. Iуэху зехьэкIэ пэрыт зиIэ IэщIагъэлIыр, бгъэдэлъ щIэныгъэри зэфIэкIри къалъытэри, КъБКъУ-м ирагъэблэгъащ егъэджакIуэу. АдэкIэ Бозийм и гъащIэр куууэ пыщIа хъуащ щIэныгъэ лъагэмрэ къэхутэныгъэ хьэлэмэтхэмрэ.
ЩIэныгъэм хуэнэхъуеиншэ щIалэм и зэфIэкIхэм щыхигъэхъуащ Тбилиси дэт Математикэ институтым и аспирантурэм. 1970 гъэм абы щытхъу иIэу пхигъэкIащ и япэ къэхутэныгъэ лэжьыгъэр — щIэныгъэ диссертацэр. Абы ипкъ иткIэ, Людин къыфIащащ физико-математикэ щIэныгъэхэм я кандидат цIэ лъапIэр. А зэманым щегъэжьауэ 2000 гъэм нэсыху щIэныгъэлI щыпкъэр щытащ КъБКъУ-м дифференциальнэ уравненэхэмкIэ и кафедрэм и доценту. Студентхэр иригъаджэурэ, абы къэхутэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр зэфIихащ, еджапIэ нэхъыщхьэм щекIуэкI жылагъуэ Iуэхухэми жыджэру хэтащ.
ЩIэныгъэ «гъущэкIэ» зэджэ есэпым ирилажьэми, Людин хуабжьу дахьэхырт лъэпкъ IуэрыIуатэм, адыгэ уэрэдыжьхэмрэ хъыбархэмрэ, анэдэлъхубзэм. Шэч хэлъкъым: абыхэм яхуищIа лъагъуныгъэр Бозийм и сабиигъуэм къыздрихащ. Апхуэдэ щэнхабзэ унэтIыныгъэ зи гупсысэм, дуней еплъыкIэм иIэ Людин хуэм-хуэмурэ теуващ лъэпкъ литературэмрэ тхыдэмрэ я лъагъуэм. А лъагъуэр хуэкIуащ гъуэгу бгъуфIэм икIи математик Iэзэм литературэм щиIэ IэкIуэлъакIуагъри къыщызыкъуихащ. КъБКъУ-м и доценту щыщыта лъэхъэнэм щIэныгъэ-къэхутэныгъэ, егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ къалэнхэм къадэкIуэу, Бозийр щылэжьащ «Жьэгу пащхьэ», «Унагъуэ насып» телерадиожурналхэм.
А зэманым ирихьэлIащ Бозийм и къалэмыпэм къыщIэкIа япэ усэхэр, таурыхъхэр, псысэ цIыкIухэр. Абыхэм къакIэлъыкIуащ рассказхэр, новеллэхэр, повестхэр. Ахэр щIэх-щIэхыурэ къытехуэу хуежьащ «Адыгэ псалъэ», «Советская молодежь» республикэ газетхэм, «Литературная Кабардино-Балкария», «Iуащхьэмахуэ», «Нур», «Псынэ» журналхэм.
И тхыгъэхэр щызэхуэхьэса тхылъи 4 къыдигъэкIащ тхакIуэ Iэзэм. Апхуэдэхэщ «Щэуейрэ Налмэсрэ», «ТхьэмыщкIэм Тхьэр хуэлъэщ», «ПIащIэри унакъым», «Гъуэгу нэшэкъашэ» жыхуиIэхэр. Ахэр бзэ дахэкIэ, къулейкIэ тхат, купщIафIэт, гъэсэныгъэ-ущииныгъэ мыхьэнэ ящIэлът. Людин и тхыгъэхэм тещIыхьа дерс зэIухахэр, езыри ирагъэблагъэурэ, щрагъэкIуэкIырт куейм и школхэм.
Литературэм щиIэ зэфIэкIхэр къалъытэри, Бозий Людин 1999 гъэм хагъэхьащ УФ-м и ТхакIуэхэм я союзым.
ЩIэныгъэлI щыпкъэу, тхакIуэ зэчиифIэу, щэнхабзэ Iуэхухэм дахьэхыу зэрыщытым нэмыщI, Бозийр икIи пхъащIэ IэкIуэлъакIуэт, бжэ-щхьэгъубжэхэр ищIыфу, апхуэдэуи фэм елэжьырт, пыIэ, бохъшэ цIыкIу хуэдэхэр къыхищIыкIыфу.
И гурылъ псоми хунэсакъым гъащIэр зыфIэIэфIу, цIыхур фIыуэ зылъагъуу, сыт хуэдэ Iуэхуми хуэIэижьу псэуа Людин. 2007 гъэм и дыгъэгъазэм ар дунейм ехыжащ. Ар куэдрэ ягу илъынущ къыщIэна и унагъуэм исхэм, ныбжьэгъуу иIахэм, къыдэлэжьахэм, зыцIыхуу щытахэм.
БЭЧ Аниуар.
Аруан щIыналъэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31133.txt"
} |
Iуащхьэмахуэ щыгум щаIэт
Урысей Федерацэм физическэ щэнхабзэмрэ спортымкIэ и федеральнэ, щIыналъэ гъэзэщIакIуэ властыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 90 зэрырикъур 2013 гъэм ягъэлъапIэ. Абы ирихьэлIэу КъБР-м спортымрэ туризмэмкIэ и министр АфIэунэ Аслъэн я пашэу, республикэм альпинизмэм, къырым дэпщеинымрэ спорт туризмэмкIэ и федерацэр я щIэгъэкъуэну, Европэм и щыгу нэхъ лъагэ дыдэ Iуащхьэмахуэ дэкIыныр къызэрагъэпэщащ.
Экспедицэм хэтащ республикэм спортымрэ туризмэмкIэ и министр АфIэунэ Аслъэн, абы и къуэдзэ Мамхэгъ Хьэчим, Iуащхьэмахуэ куейм щIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ, физкультурэмрэ туризмэмкIэ и комитетым и унафэщI Жаппуев Магомед, «СК Налшык» къэрал кIэзонэ IуэхущIапIэм и тхьэмадэ Тау Сэфарбий, Урысей Федерацэм и МЧС-м и Iуащхьэмахуэ бгылъэ къэлъыхъуакIуэ-къегъэлакIуэ гупым и лэжьакIуэ 12, алыдж-урым бэнэкIэмкIэ олимп чемпион, ди лъахэгъу Хъущт Аслъэнбэч сымэ. Абыхэм гъуэгуанэ псом ящIыгъуащ КъБР-м альпинизмэмкIэ и федерацэм и унафэщI, альпинист цIэрыIуэ Ольмезов Абдул-Хъалим.
ШыщхьэуIум и 21-м гупыр Iуащхьэмахуэ лъапэ нэсащ. Экспедицэм хэтхэм щIыпIэм и хьэуам есэн, щыгум дэкIыным зыхуагъэхьэзырын хуейт. Бгыхэм шынагъуэншэу узэрыщызекIуэнум ахэр щыгъуазэ ищIащ «Россоюзспас» урысейпсо зэгухьэныгъэм и совет нэхъыщхьэм хэт, Урысейм щIыхь зиIэ и къегъэлакIуэ Тилов Борис.
ШыщхьэуIум и 23-м сыхьэти 3-м гупыр «Пастуховым и щыгу» лъагапIэм нэсащ, адэкIэ метр 5300-м деж министр АфIэунэ Аслъэн щыгум драхьеину ныпхэр гупым хэтхэм щаритащ икIи Iуащхьэмахуэ нэсыныр къайхъулIэну ехъуэхъуащ.
Зэ еплъыгъуэкIэ, Кавказым, Урысейм, Европэм я щыгу нэхъ лъагэм удэкIыныр гугъукъым, абы и джабэхэр захуэщ, и дэкIыпIэхэр задэ дыдэу щыткъыми. Ауэ абы укъигъапцIэ хъунукъым: Iуащхьэмахуэ шынагъуэщ и лъагагъкIэ, зыIэзыбжьэу дунейр къызэрызэIыхьэмкIэ. АрщхьэкIэ я къарукIэ псыхьа, Iуэхум тэмэму зыхуэзыгъэхьэзыра гупыр сыхьэти 8-м къитIасэу щыгум къыщыхутащ, УФ-м СпортымкIэ, КъБР-м спортымрэ туризмэмкIэ я министерствэхэм я ныпхэр Iуащхьэмахуэ и щыгум щагъэуващ. Сыхьэтитху дэкIри, ныкъусаныгъэншэу гупыр лагерым екIуэлIэжащ.
Министр АфIэунэ Аслъэн а Iуэхугъуэм хэтахэм фIыщIэ яхуищIащ икIи къыхигъэщащ хэкум и спорт хабзэхэм зегъэужьынымкIэ мы жэрдэмри зэрыщхьэпэнур.
УАРДЭ Жантинэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31139.txt"
} |
ПщIэ зыпылъ лэжьыгъэ
Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм иджыблагъэ къыщыдагъэкIащ «Ди ЩоджэнцIыкIу Алий» зыфIаща тхылъыр.
Къэбэрдей литературэм и классикым и гъащIэмрэ и дунеймрэ траухуэ я япэ тхылъкъым ар. «Ты создал мир… И он велик» щIэнгъуазэ лэжьыгъэр Викторрэ Мариерэ 2000 гъэм къызэрыдагъэкIрэ адыгэ тхакIуэ цIэрыIуэм и шыфэлIыфэр щызэпкърах я тхыгъэхэр нэхъ щIэхыурэ тхылъеджэм и пащхьэ иралъхьэ хъуащ абыхэм. ЗэдзэкIакIуэ Липкин Семён гу зэрылъитащи, Алий и цIэр Кавказым и усыгъэм ину щыIэтащ. Абы къыхэкIкIи гулъытэ хэха хуэфащэщ.
УсакIуэм и фэеплъым пщIэ зэрыхуэтщI къудейркъым «Ди ЩоджэнцIыкIу Алий» тхылъыщIэм къигъэлъагъуэр, атIэ абы ихуа усэхэм мыхьэнэ яIэщ, гъащIэ псокIэ къыпхуэсэбэпын гупсысэкIэ гъэнщIащ.
Тхылъым щызэхуэхьэсащ адыгэ, балъкъэр, урыс тхакIуэ-усакIуэхэм, щIэныгъэлIхэм ЩоджэнцIыкIум и фэеплъу ятхахэр. Ахэр щхьэж и лъэпкъыбзэкIэ зэратхам хуэдэуи итщ, урысыбзэкIэ зэдзэкIыжауи къыщыхьащ (Къэшэж Иннэ, Гребнев Наум, Липкин Семён, Шерешевский Лазар, Вилинский Семён, Краско Владимир, Гайкович Виктор, Яропольский Георгий, нэгъуэщIхэми зэрадзэкIауэ).
Къыхэгъэщыпхъэщ: КIыщокъуэ Алим, Къагъырмэс Борис, Бемырзэ Мухьэдин, Мокаев Магомед, Хьэнфэн Алим, Нало Заур, Тхьэгъэзит Зубер, Нэхущ Мухьэдин, IутIыж Борис, ЩоджэнцIыкIу Iэдэм, Дидиговэ Раисэ, Макитов Сафар сымэ я IэдакъэщIэкIхэм къищынэмыщIа, зи гугъу тщIы тхылъыщIэм дыкъыщоджэ «Шэху уэздыгъэ» литературэ студием и гъэсэнхэм, «Он создал мир… и он велик» фестиваль-зэпеуэм щытекIуахэм, адыгэбзэкIэ езыгъаджэхэм я тхыгъэхэм.
Тхылъыр гъэдэхащ ЩоджэнцIыкIу Алий и музей-пэшым и гъэтIылъыгъэхэм къыхаха сурэтхэмкIэ.
Тхылъым елэжьащ филологие щIэныгъэхэм я доктор, ЩIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и щIэныгъэрылажьэ нэхъыжь ЩакIуэ Марьянэ. ЩоджэнцIыкIу Алий и музей-пэшу Налшык дэтыр къызэгъэпэщыным Марьянэ и щIэныгъэрэ и гуащIэрэ ирихьэлIащ. ЩакIуэм и Iэдакъэ къыщIэкIащ «Али Шогенцуков. Страницы биографии» (1994 гъэм дуней къытехьащ), «Аскерби Шортанов. Очерки. Статьи. Доклады. Письма» (2000 гъэ), «Али Шогенцуков в документах и фотографиях» (2002 гъэ), «Кабардинский драматический театр» (2005 гъэ), «Мой Али Шогенцуков» (2009 гъэ), «Къэбэрдей драмэм и антологие» (2012 гъэ) тхылъхэр, нэгъуэщIхэри.
ЦIыхубзым и жыджэрагъымрэ лъэпкъ литературэм хуиIэ лъагъуныгъэмрэ папщIэ щытхъу къелэжь. «Ди ЩоджэнцIыкIу Алий» тхылъыщIэр и мылъкукIэ къызэрыдигъэкIами куэд къыбжеIэ.
ГЪУКIАКЪУЭ Идар.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31141.txt"
} |
Адэжь лъахэм зыщаплъыхь
Адыгей. Тыркум щыпсэу адыгэхэм я сабий гуп Адыгейм къэкIуащ я адэжь лъахэм зыщаплъыхьын, зыщагъэгъуэзэн папщIэ. Ахэр республикэм и Лъэпкъ музейм щыIащ, археолог Тау Аслъэн хуэзащ.
НыбжьыщIэхэм тхьэмахуитIкIэ зыщагъэпсэхунущ республикэм и бгылъэ щIыпIэм щыIэ турбазэхэм ящыщ зым. Адыгейм щIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщIым и къуэдзэ Самонинэ Татьянэ зэрыжиIамкIэ, сабийхэм я адэжь лъахэр ирагъэлъагъунущ, лъэпкъ хабзэхэм щыгъуазэ ящIынущ. НыбжьыщIэхэм дагъэлэжьэнущ адыгеибзэмкIэ егъэджакIуэхэр.
Тыркум къикIа ди лъэпкъэгъу ныбжьыщIэхэр хуагъэзэнущ цIыху цIэрыIуэхэм: модельер-конструктор СтIащ Юрэ, тхакIуэ МэшбащIэ Исхьэкъ, сурэтыщIхэу Бырсыр Абдулэхьрэ Къат Теувэжрэ, IуэрыIуатэдж ГъукIэ Замудин. Абыхэм зыщрагъэплъыхьынущ республикэм «и напщIэм телъ» щIыпIэ телъыджэхэм.
Губернаторым къыбгъэдэкI реанимобиль
Абхъаз. ШыщхьэуIум и 26-м илъэси 5 ирикъуащ Абхъазыр къэралыгъуэ щхьэхуиту Урысейм къызэрилъытэрэ. Махуэшхуэр республикэм и унафэщIхэм ядэзыгъэлъэпIахэм ящыщщ Краснодар крайм и лIыкIуэхэр.
ЩIыналъэм къэрал кIуэцI политикэмкIэ и министр Свеженцев Владимир зи пашэ лIыкIуэ гупым республикэм и президент Анкваб Александр иратащ Краснодар крайм и губернаторым яхуищIа тыгъэр — иджырей медицинэ IэмэпсымэхэмкIэ къызэгъэпэща реанимобилыр.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, Абхъазым и махуэшхуэм и пэ къихуэу, шыщхьэуIум и 25-м, Анкваб Александррэ Путин Владимиррэ Пицундэ щызэхуэзащ. «Илъэси 5-м къриубыдэу дызэрызэдэлэжьэнум теухуа къэрал, правительствэ, ведомствэ зэгурыIуэныгъэ 80 зэтщIылIащ», — къыхигъэщащ къэрал унафэщIым.
Сом мелуани 178-рэ текIуадэу
Къэрэшей-Шэрджэс. Гъэ еджэгъуэщIэм ирихьэлIэу республикэм сабий садыщIэу 7, зыхуей хуэзэу зэрагъэпэщыжа школитI къыщызэIуахынущ.
Республикэм и школхэмрэ зи школ кIуэгъуэ мыхъуа сабийхэр зэкIуалIэ IуэхущIапIэхэмрэ гъэ еджэгъуэщIэм хуэхьэзырщ. Ахэр зыхуей хуэгъэзэным сом мелуани 178-рэ трагъэкIуэдащ. ЕджапIэхэр иджырей IэмэпсымэхэмкIэ, компьютерхэмкIэ къызэгъэпэщащ. Спорт, медицинэ пэшхэр, пщэфIапIэхэр зыхуей хуагъэзащ. Сабий садыщIэхэр къыщызэIуахынущ Черкесск къалэм, Инжыдж, Къэрэшей районхэм.
УЭРДОКЪУЭ Женя.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31144.txt"
} |
ГуфIэгъуэ дауэдапщэхэр Налшык зэрыщекIуэкIынур
ШыщхьэуIум и 31-мрэ фокIадэм и 1-мрэ республикэм Iэтауэ щагъэлъэпIэнущ КъБР-м и Къэралыгъуэм и махуэр.
Налшык къалэм шыщхьэуIум и 31-м щрагъэкIуэкIыну Iуэху нэхъыщхьэхэм ящыщщ КъБР-м и Лъэпкъ музейм Къэбэрдей-Балъкъэрым и художникхэм я отчет выставкэ, ГъуазджэмкIэ музейм «Си лъахэ» сурэт гъэлъэгъуэныгъэ къызэрыщызэIуахынур.
ГуфIэгъуэ дауэдапщэхэм я нэхъыбэр къызэрагъэпэщынущ фокIадэм и 1-м, тхьэмахуэ махуэм. Пщэдджыжьыр сыхьэт 11-м республикэм и унафэщIхэм, зауэмрэ лэжьыгъэмрэ я ветеранхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ лэжьакIуэ гупхэмрэ, еджапIэхэм я лIыкIуэхэм удз гъэгъахэр тралъхьэнущ «ЩIыхьым и мафIэ мыужьыхыж» мемориалым, Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм Налшык щыщу хэкIуэдахэм я фэеплъым.
Сыхьэт 12-м Налшык и шыгъэжапIэм къыщызэIуах «Iуащхьэмахуэ и кубок-2013» шыгъажэр. Абы нэгъуэщI къэралхэм щыщ уанэшхэмрэ спортсменхэмри хэтынущ. Сыхьэт 13-м зауэмрэ лэжьыгъэмрэ я ветеранхэм я хорым и концерт «Восток» кинотеатрым и гупэм деж, эстрадэ-духовой оркестрым и концерт Къэбэрдейр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 400 зэрырикъуам и цIэр зезыхьэ утым щекIуэкIынущ.
ХьэтIохъущокъуэм и хадэм къыщызэIуахынущ художникхэмрэ гъуазджэм и IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм я лэжьакIуэхэмрэ я IэрыкIхэр, сабий IэпщIэлъапщIэхэм ягъэхьэзыра лэжьыгъэхэр щагъэлъагъуэ. Абхъазым и утым къыщызэрагъэпэщынущ республикэм и районхэмрэ къалэхэмрэ, лъэпкъ щэнхабзэ центрхэм я лIыкIуэхэр къызрихьэлIэну IуэрыIуатэ-этнографие зэхыхьэшхуэ.
Эстрадэм и артист цIэрыIуэхэр зыхэтыну «Си республикэ, си Урысей» концертыр ЗэгурыIуэныгъэм и утым къыщызэIуахынущ сыхьэт 18-м.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31146.txt"
} |
Нобэ
Ядернэ Iэщэр емыгъэгъэунэхуным теухуа Iуэхухэр къызэгъэпэщыным и дунейпсо махуэщ. Ар ягъэуващ ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм и унафэкIэ, 2009 гъэм Къэзахъстаным и правительствэм къыхилъхьа жэрдэмым ипкъ иткIэ. 1991 гъэм шыщхьэуIум и 29-м зэхуащIыжауэ щытащ Семипалатинск дэта Iэщэ гъэунэхупIэр.
1949 гъэм академик Курчатов И. В. и унафэм щIэту япэ атомнэ бомбэ СССР-м щагъэунэхуащ.
1990 гъэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым «1920 – 1950 гъэхэм политикэ зэхэзехуэн ящIауэ щытахэр гъэзэхуэжыным и IуэхукIэ» Указ къыдигъэкIащ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, уэшх тIэкIу къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 20 — 23-рэ, жэщым градус 18 — 20 щыхъунущ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31148.txt"
} |
ЩIалэгъуалэр етIанэгъи зэхашэнущ
ШыщхьэуIум и 27-м зэхуащIыжащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и хэгъуэгухэм я лIыкIуэхэр зыхэта «Мэшыкъуэ-2013» щIалэгъуалэ зэхыхьэр.
Iэтауэ ирагъэкIуэкIа зэIущIэм хэтащ УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Казаковэ Ольгэ, Ставрополь крайм и Правительствэм и унафэщIым и къуэдзэ Асадчев Сергей, Ставрополь крайм щIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Шатская Иринэ, УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэм и аппаратым политикэ кIуэцI IуэхухэмкIэ и департаментым и Iэтащхьэ Потапов Александр сымэ.
ЗэIущIэм кърихьэлIахэм хъуэхъу псалъэкIэ захуигъэза нэужь, Казаковэ Ольгэ жиIащ зэхыхьэр къызэрызэрагъэпэщрэ утыкум кърахьа лэжьыгъэхэм ящыщу цIыху ныкъуэдыкъуэхэм щадэIэпыкъу, ахэр жылагъуэ гъащIэм хэшэнымкIэ сэбэп хъу реабилитацэ IуэхущIапIэм ехьэлIа проектыр хуабжьу игу зэрырихьар. Ар зи IэдакъэщIэкI Бавасулейманов Шамиль Дагъыстэным щыщщ, езым и щхьэкIэ ныкъуэдыкъуагъым пыщIа гугъуехь псори игъэващ. А IуэхущIапIэр куэдым зэращхьэпэм и щыхьэтщ фIыуэ зэрылъагъуу унагъуэ 50 зэрагъэтIысыжар.
«Шамиль иджыри щыгъуазэкъым, ауэ сэ щIыналъэм и Iэтащхьэм сепсэлъати, сыт и лъэныкъуэкIи зыкъытщIигъэкъуэну сыкъигъэгугъащ. А лэжьыгъэм гъуэгу егъэгъуэтынымкIэ схузэфIэкI къэзгъэнэнукъым. Шамиль, уи Iэр быдэу субыдыну сыхуейт, уи мурадхэр къохъулIэну сыпхуохъуахъуэ, гукIэ сызэрыпщIыгъури пщIэну си гуапэщ», — жиIащ и псалъэхэм я кIэухыу Казаковэм.
ТхакIуэшхуэ Толстой Лев и къуэрылъхум и къуэ Толстой Владимир форумым къазэрыхуеблэгъам и щIыхькIэ Асадчев Сергей Комсомольскэ, Яснэ хуейхэм я зэхуаку зэныбжьэгъугъэ дэлърэ зэрыщIэу зэдэлэжьэныр зэрыфIэкъабылыр жиIати, зэIущIэм кърихьэлIахэр абы арэзы техъуащ. Апхуэдэуи Асадчевым къызэхуэсахэр къигъэгугъащ «Мэшыкъуэ-2014» щIалэгъуалэ зэхыхьэр етIанэгъи ирагъэкIуэкIыну, икIи форумым кърихьэлIа хьэщIэхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ яжриIащ проектыщIэхэмрэ Iуэху еплъыкIэ щIэщыгъуэхэмрэ яIэу къэкIуэну зэращыгугъыр.
Урысей Федерацэмрэ КИФЩI-м и щIыналъэхэмрэ я ныпхэр къэрал гимным щIэту ирахьэхыжри, «Мэшыкъуэ-2013» щIалэгъуалэ зэхыхьэр зэхуащIыжащ.
«Мэшыкъуэ-2013» Кавказ Ищхъэрэ щIалэгъуалэ форумым и
пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31152.txt"
} |
Зыгъэпсэхугъуэ махуэм
ГъэщIэгъуэнщ
Ахъшэм и уасэр егъэунэху
1996 гъэм накъыгъэм и 1-м Дортмунд щыщ, илъэс 54-рэ зи ныбжь бзылъхугъэм и мылъкур игуэшри, унэм къыщIэкIащ фэилъхьэгъуэ зыбжанэрэ сурэт зытIурэ зыдэлъ шумэданыр иIыгъыу.
ЕгъэджакIуэу, психотерапевту лэжьа Швермер Хайдемари ахъшэм и уасэр зригъащIэу, Европэр къызэхекIухь. Мылъкуи уни зимыIэ бзылъхугъэр къалэхэм, къэралхэм къыщызэтоувэ, тхылъхэр итхыу, лекцэхэм къеджэу, и дуней тетыкIэм яхутепсэлъыхьу. Псэун папщIэ зыхуейхэм хузэфIэкI лэжьыгъэкIэ пщIэ щIиту аращ Хайдемари: фэтэр пIалъэкIэ къезытым унагъуэм илъ IуэхумкIэ доIэпыкъу, и шхыным щхьэкIэ тыкуэнышхуэхэм сабэ щелъэщI, и щхьэц хущIэзыщэхэм я хьэр жьы къабзэм къыщрешэкI… и псэукIэм теухуа лекцэ къеджэну Европэ университетхэм е жылагъуэ зэгухьэныгъэ гуэрхэм щрагъэблагъэм и деж, гъуэгум и билетхэр зыщIыгъу егъэблагъэ тхылъхэр къыхурагъэхь.
Мазэ къэс пенсэу еврэ 800 къехь Хайдемари, ауэ ахэр езым нэхърэ абы нэхъ хуэныкъуэ и цIыхугъэхэмрэ имыцIыхуххэхэмрэ яхуегуэш. И япэ тхылъым къыпэкIуа гонорарри тхьэмыщкIэхэм яхуигуэшауэ щытащ. ЗэрымыщIэкIэ зыгуэр къэхъу хъужыкъуэрэ, хуей хъумэ, еврэ 200 игъэтIылъауэ и шумэданым дэлъщ, ауэ Хайдемари зэрыжиIэмкIэ, абы зэи еIусакъым, хуей хъуакъым.
Абы и дуней тетыкIэм тетхыхьыну хуэзауэ щыта журналист Лахат Итай жиIэжащ бзылъхугъэм и теплъэкIэ унэншэуи ахъшэншэуи хуумыгъэфэщэну. Ар цIыхубз зэщIэкъуащ, узыншэщ, зыкIэлъоплъыж, гуфIэр и нэгум кърех. Ар зыми щышынэркъым, зыми игъэпIейтейркъым. И ныбжьыр нэхъ хэкIуатэмэ, и Iуэху зэрыхъунум журналистыр щыщIэупщIэм, бзылъхугъэм жиIащ фIыуэ къэзылъагъу, и дуней тетыкIэм пщIэ хуэзыщI бынитI зэриIэр. И бынхэм зрашэлIэжмэ,унагъуэ IуэхукIэ ядэIэпыкъуу псэунущ.
Апхуэдэ псэукIэм и мыхьэнэр сыт? Хайдемари жиIащ сыт щыгъуи зы Iуэхугъуэм игъэпIейтейуэ зэрыщытар: иджырей дунейм ахъшэм щиубыда увыпIэмрэ хъугъуэфIыгъуэ псори абыкIэ къызэралъытэмрэ… Сыт цIыхум и пщIэмрэ езы гъащIэмрэ уасэ щIыхуагъэувыр? Бзылъхугъэм фIыуэ къыгуроIуэ ахъшэм и мыхьэнэри, абы зэфIигъэкIхэри, ауэ…
Хайдемари щыхьэт тохъуэ ахъшэншэу пIалъэкIэ псэу цIыхум и гупсысэкIэм зэрызихъуэжым, мылъкур нэрыгъ зыхуэхъуахэмрэ абы итхьэкъуахэмрэ а уз бзаджэм пэIэщIэ зэрищIым.
Шыпш Даянэ.
Урысей-10
«Шэшэным игу» мэжджытыр етIуанэщ
Кадыров Ахъмэт-Хьэжы и цIэр зэрихьэу Грознэ къалэм дэт «Шэшэным игу» мэжджытыр «Урысей-10» урысейпсо зэпеуэм псом япэ итурэ къекIуэкIащ.
Муслъымэн лъапIэныгъэр зэпеуэм хэт адрей щIыпIэ дахэхэм къахэщхьэхукI хъуащ Шэшэн Республикэм и Iэтащхьэ Кадыров Рамзан абы щхьэкIэ Iэ яIэтыну и лъахэгъухэр къыхуриджа нэужь:
«Зауэр къэдгъэувыIащ, республикэр зэтедгъэувэжащ, «Шэшэным игу» мэжджытыр зэпеуэм пхыдгъэкIынри тлъэкIынущ! Дэтхэнэми сыныволъэIу нобэ фIэвмыгъэкIыу Iэ фIэтыну! Шэч къытесхьэркъым ди лъэIур Урысейм и щIыналъэ куэдми къызэрыщыддаIыгъынум!», — щитхащ Кадыров Рамзан Инстаграмым ит и аккаунтым.
Ауэ зэпеуэр зэрекIуэкIа иужьрей жэщ-махуэм зэхъукIыныгъэхэр къихьащ — Коломнэ къалэм и кремлыр япэ ищащ. ЕтIуанэу щытщ «Шэшэным игу» мэжджытыр.
А тIум зыкъомкIэ къакIэрыхуми, къакIэлъокIуэ Богородицк щыIэ музей- заповедникыр, цIыху 665.911-м Iэ зыхуаIэтар.
Зэпеуэр иуха нэужь, бжьыпэр зыубыд щIыпIэ нэхъ дахэу 10-м я теплъэхэр щащIынущ Москва областым щыщаухуэну «Урысей» паркым».
А щIыпIэ дахэхэм я теплъэхэм УФ-м мыхьэнэ ин щаIэнущ. Ар сэбэп хъунущ къэрал кIуэцI, дунейпсо туризмэм зегъэужьынымкIэ.
Мырзэкъан Дисэ.
Гупсысэр-псалъэкIэ
Къэгъазэ зимыIэ
Щысабийм щыщIэдзауэ и щIалэгъуэр кIуэху, къыпэплъэ гъащIэм цIыхум и гугъэр епхауэ, къэкIуэнум щыгугъыу мэпсэу. ЖьыхуегъэзэкI хъуамэ, къыхуэнэжыр зыщ: «КъэзгъэщIам фIырэ гуапагъэу сыт хуэдиз щызлэжьа?» — ЩIедзэ гъащIэм егупсысын.
МыкIасэIуэу пIэрэ? Абы щыгъуэ хуэгъэзэкIуэжыркъым щыхузэфIэкIым щыуагъэу IэщIэкIар.
Уи щхьэр лъапIэ щыхъунур
ЦIыхур къэувынщи, нэгъуэщI зыгуэрым тепсэлъыхьу щIидзэнщ, абы нэхърэ нэхъ нэпсей, нэхъ къузгъун щымыIэу жиIэу. Абы жыхуиIам ухуэзамэ, абыи къыпхуиубынщ, япэу къопсэлъауэ щытам езым къыхужиIауэ щытар хужиIэжу. Езы тIур зэхуэзамэ, «зэхуэарэзыщ», я псэр зы чысэ илъ хуэдэ. ЦIыхум уигу хуилъыр езым жумыIэу, и щIыбагъкIэ ухуэпсэлъэныр зэрыикIагъэр ягу къэкIыркъым апхуэдэхэм. Делагъэщ нэгъуэщIым ухуэпсалъэкIэрэ уи щхьэр бгъэлъэпIэныр. ЛъапIэ ухъуну абыкIэ? Уи дагъуэри пщIэжын хуейщ, уи щхьэ хуумыгъэфащэми. ИтIанэщ уи щхьэр лъапIэ щыхъунур.
Нэхущ Хьэжпагуэ.
Шхыныгъуэхэр
Лэпс зэщIэт, джэдыл кIэртIоф, пхъы хэлъу
Iыхьэурэ зэпкъраха джэдыр ятхьэщI, шыуаным иралъхьэ, псы щIыIэ щIакIэри, пэшхьэкум трагъэувэ. МафIэ иным тету зэ къытрагъэкъуалъэ, тхъурымбэр къытрахыурэ. АдэкIэ мафIэр щабэ ящI, шыуаныщхьэр трапIэжри ныкъуэвэфI хъуху ягъавэ, тхъурымбэр зэзэмызэ къытрахыурэ. ИтIанэ абы халъхьэ зэпэплIимэ цIыкIуурэ упщIэта кIэртIоф. Шыуаныщхьэр трапIэ, мафIэр щабэ ящIри ягъавэ дакъикъитху-икIэ. Абы халъхьэ зэпэплIимэ цIыкIуурэ упщIэта пхъы. Шыуаныщхьэр трапIэжри, мафIэ щабэм тету, ягъавэ дакъикъитху-хыкIэ, итIанэ халъхьэ щимэ цIыкIуурэ упщIэта бжьыныщхьэ. Шыуаныщхьэр трапIэжри, хьэзыр хъуху ягъавэ. Шыуаныр мафIэм къытрахыжри пэшхьэкубгъум трагъэувэ. Джэдыл вар лэпсым къыхахри тепщэчым иралъхьэ, абы бжьыныху шыпс тракIэри, пщтыру яшх. ПIастэ дашх. Абы иужькIэ хьэнтхъупс пщтырыр трафыхьыж, щIакхъуэ е пIастэ, хьэлIамэ, чыржын дашхыурэ.
Халъхьэхэр (цIыхуитI Iыхьэ):
Джэдылу — грамм 400
Псыуэ — грамм 1300-рэ
КIэртIоф укъэбзауэ — грамм 200
Пхъы укъэбзауэ — грамми 100
Бжьыныщхьэ укъэбзауэ — грамм 50
Бжьыныхуу — грамм 30
Шыгъуу, шыбжийуэ — узыхуейм хуэдиз.
Къубатий Борис.
Псэущхьэхэр
Хыкхъуэхэм цIэ яIэщ
Псэ зыIуту ЩIым щыпсэухэм ящыщу цIыхум нэмыщI хыкхъуэхэращ (дельфинхэращ) цIэкIэ зэджэжыр. Ар къахутащ шотланд биологхэм.
Хыкхъуэхэм ягъэIу макъымкIэ зэрощIэ. Хым хэс гупхэм ящыщу зэрихьэлIар зэрыцIыхуу щытмэ, фий-кIий макъышхуэ къоIу, ауэ зэрымыцIыхумэ, гу зылъамытэхха хуэдэу зэблосыкI. ЩIэныгъэлIхэм къахутащ псым хэс а псэущхьэхэр щысымаджэм, щымэжалIэм, щыпIей- тейм, щышынэм деж ягъэIу макъхэр зэрызэщхьэщыкIыр.
Биологхэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, хыкхъуэхэм я «зэпсэлъэкIэм» гъэщIэгъуэн куэд хэлъщ. Абы гу лъызыта шотланд биологхэм зрапщытащ хыкхъуэхэм я «бзэр» зрагъэщIэну. Тенджызхэс хыкхъуэхэм я макъхэр ирагъэтхри, езыхэм я нэIэ щIэтхэр ирагъэдэIуащ. КъызэрыщIэкIымкIэ, хыкхъуэхэм жэуап щатыжыр езыхэм я цIэр (зыми емыщхь фий макъ) щызэхахым и дежщ. Апхуэдэ дыдэуи мы псэущхьэхэр цIыхухэм фIащ цIэ лейм йосэри, щеджэкIэ къокIуалIэ. Унагъуэ псэущхьэхэм къащхьэщыкIыу, хыкхъуэхэм узэреджэ цIэр жаIэж.
Мы къэхутэныгъэр езыгъэкIуэкIхэм яз Яник Винсент жеIэ: «Хыкхъуэхэр цIэ зырызкIэ щIызэджэжыр здэбгъэзэну лъэныкъуэр зыкIи къыщыхэмыгъэщхьэхукIа хым хэсщи аращ, зэрыгурыIуэгъуэщи, ахэр гупу зэрыIыгъын хуейщ. Ахэр зэрылъагъуркъым, мэкIи зэрыщIэркъым, абы къыхэкIкIэ, зэфIэмыкIуэдын щхьэкIэ, макъ ягъэIун хуей мэхъу».
Къэбарт Мирэ.
2008 гъэм дунейм ехыжа драматург, тхакIуэ, усакIуэ, сурэтыщI, цIыху телъыджэ IутIыж Борис щIыпIэ дахэхэр зыпищI щыIэтэкъым. Мы сурэтыр абы щытрахащ Гуэл щхъуантIэхэм. Борис зыбгъэдэт псыкъелъэ цIыкIум, ди къуршхэм, бгыхэм, мэзхэм я беягъэмрэ дахагъэмрэщ адыгэ лъэпкъым и набдзэ зыхужыпIэкIэ ущымыуэну цIыху гъуэзэджэм и гуащIэр зэплъыт хъунур.
Сурэтыр тезыхар Журт Хьэсэнщ.
Псалъэзэблэдз
ЕкIуэкIыу: 6. Илъэс зытIум ит шыщIэ. 7. ЦIыхубз … хущанэ. 9. ЩIы къиуда. 10. Кавказым щыщ лъэпкъышхуэ. 11. Фадэ гуащIэ. 12. ЩэкI кIапэлъапэ. 15. «УкъыздэкIуэну псалъэ зэрыптрэ цIыху … кIуэхэри ди щIыгум къагъэзэжащ» — Джэдгъэф Хъусен и псалъэхэр зыщIэлъ, Уэтэр Анатолэ игъэзащIэ уэрэдым щыщщ. 16. Нартыху гъэлыгъуа хьэжыгъэ. 17. Нартыху хъумапIэ. 19. Шэщ. 20. Вакъэдыж Iэмэпсымэ. 22. Унагъуэ псэущхьэ ерыщ. 24. Алыхьым и Iэмырым темыкIыу тет цIыху. 25. Ухуэныгъэм къыщагъэсэбэп ткIуаткIуэ. 26. Щхьэхуимыту яIыгъ цIыху. 27. Бжьэхэм я фо зэхуэхьэсыпIэ. 28. Сабий цIыкIунитIэм, псэлъэн щIэзыдзагъащIэм, лы ишхынумэ, « … сыхуейщ» жиIэ хабзэщ. 31. Пылым нэхърэ 20 — 25-кIэ нэхъ хьэлъэ псэущхьэ. 33. Уафэм къех мыл тыкъыр цIыкIу. 34. Бдзэжьей зэрещэ. 36. Зыщышынэн имылъагъумэ, кхъуэр абы дэкIыу жаIэ. 38. Теунэ Хьэчим и повесть. Е псэущхьэ пIащэ шынагъуэ. 40. Гъатхэм ди щIыпIэм къэлъэтэж къуалэбзу. 43. Къум щIыIэжьым къина нартхэм Сосрыкъуэ яхохьэри «мафIэ уиIэ?» жиIэурэ йоупщI Насрэн ЖьакIэ, Арыкъшу, Батэрэз, Ашэмэз, … сымэ. 44. А унэцIэр зэрахьэ: ди адыгэ театрым и джэгуакIуэшхуэу щыта, РСФСР-м и цIыхубэ артистым; Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыхь зиIэ и артистым; Къэбэрдей усакIуэм. 45. Зеиншэ. 46. ХъумпIэцIэдж Iуащхьэ. 47. Адыгэ тхакIуэ цIэрыIуэ, усакIуэшхуэ.
Къехыу: 1. Гупсысэ зиIэ, акъылыфIэ. 2. ЦIыху зэтет, зэпIэзэрыт, щэн дахэ зыхэлъ. 3. Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэу щыта … Къасболэт. 4. ХьэгъуэлIыгъуэр, нэгъуэщI гуфIэгъуэр егъэдахэ а Iэмэпсымэм кърагъэкI макъамэм. 5. Псым и кууупIэ. 6. Адыгэ къуажэшхуэ. 8. Гъавэм, хадэхэкIым зэран хуэхъу удз щхьэ гъуэжь. 13. … зэманым зэрыкъэралу зэкъуэувэри, ди хэкур бий бзаджэм-фашистхэм кърагъэлащ. 14. Гъатхэр къэсри дунейр … къэхъуащ. 18. Мэлбахъуэ Тимборэ иужькIэ партым и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым и япэ секретару лэжьащ. 20. Уэрэд дахэ куэдым макъамэ щIэзылъхьа Согуэ … 21. ЛъэныкъуитIыр IуэхукIэ зэпызыщIэ. Е фIыуэ зэрылъагъухэм я … 22. Район, псыежэх. 23. Уафэмрэ щIылъэмрэ я зэхуакур. 29. Псы мыкуу. 30. … жьгъей. 32. Ди лъэпкъэгъу, Урысей Федерацэм юстицэмкIэ и министру щыта. 35. ХадэхэкI. 37. ЦIыхухъуцIэ. 39. Сталин, Хрущев сымэ ядэлэжьа, Брежневым и зэманым КПСС-м и ЦК-м идеологиемкIэ и секретару щыта. 40. Куэд зи фэ дэзыгъэхуэф цIыху. 41. Пщэдейрей … нэхърэ нобэрей бзу. 42. Къэп цIыкIу.
Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ.
ШыщхьэуIум и 24-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
ЕкIуэкIыу: 5. Ирихьа. 7. Iужажэ. 9. Без. 11. Псым. 12. Гъуху. 14. Къум. 15. Балэ. 16. Адакъэ. 17. Iуданэ. 18. Нэкурэ. 19.Жьуджалэ. 21. Кумб. 23. Щхьэгуэш. 27. Шэрэз. 28. Жэнэт. 31. ПлIабгъуэ. 32. Бру. 33. КIэрахъуэ. 36. Анапэ. 39. Къулъшыкъу. 41. Лъэпэд. 42. ГупкIэ. 43. Тху. 44. Удж. 46. Джабэ. 47. Кхъулэ. 48. Теунэ. 49. Унажэ.
Къехыу: 1. Трумэн. 2. Тхьэгъу. 3. Бжэм. 4. Бжаблэ. 6. Медан. 8. Псыдыуэ. 10. Елыркъэш. 13. Хуарэ. 14. Къуэпс. 20. Лэрыгъу. 22. Мысыр. 24. Хьэнцэ. 25. Бзу. 26. Бжы. 29. ПлIанэпэ. 30. Тхъурымбэ. 34. Дэлъху. 35. Джэду. 37. Пхъэхуей. 38. Iупэлэ. 40. Лъэджажэ. 43. Танэ. 45. Джанэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31156.txt"
} |
Лъэпкъым и щIэблэр
Лъэпкъым и къэкIуэнур елъытащ къыщIэхъуэ щIэблэм и шыфэлIыфэм. Адыгэ лъэпкъым и пщIэр еIэт Хэкур фIыуэ зылъагъу, зи гупсысэхэр адыгэ Iуэхум епха, хабзэр зыхэзылъхьэ, тхыдэм дихьэх щIалэгъуалэ гурыхуэ зэриIэм. Апхуэдэхэм ящыщщ Шэрджэс Мухьэмэдрэ Ныр Муратрэ. Мухьэмэд Аушыджэр щыщщ, КъБКъУ-м медицинэмкIэ и колледжым щеджащ. Мурат Къулъкъужын щыщщ, бизнесымрэ правэмкIэ институтыр Псыхуабэ къыщиухащ.
Ныр Мурат ЦIыхум и хьэл-щэныр щысабийм щегъэжьауэ зэтеувэн щIедзэ. Шэрджэс Мухьэмэд и сабиигъуэ гукъэкIыжхэм къыхощ ар щIыуэпсым пэгъунэгъуу къызэрыдэкIуэтеяр.
— Сабиигъуэ дахэ сиIащ, — игу къегъэкIыж Мухьэмэд. — Джабэм дыдэкIуейрт, псыхъуэм къыщыджыхьырт, дыщыджэгурт. Бдзэжьеящэ дыкIуэн тфIэфIт. Си жагъуэщ иджырей сабийхэм апхуэдэ зэрадумылъагъужыр. ПщIантIэм щыджэгуу, тетIысхьэпIэм тесу зыри плъагъужыркъым. Телефон, компьютер, Интернет — ахэращ иджы зэрыджэгу хьэпшыпу къагъэсэбэпыр. Сабиймрэ компьютерымрэ зэкIэрыдмычауэ, щIэблэм и псэм дахагъэр тхузыхегъэщIэнукъым. Абы хэкIыпIэ къыхуэбгъуэтыфыну къызолъытэ: клубхэм, школхэм къыщызэрагъэпэщ къэфакIуэ, уэрэджыIакIуэ, пшынауэ гупхэм сабийхэр хэгъэхьэн, апхуэдэ щIыкIэкIи щэнхабзэм дегъэхьэхын хуейщ. Ауэ ари адэ-анэм елъытыжащи, гу зэгъа яIэмэ, Iуэхум зебгъэхъуэжыну гугъу хъунущ.
— Пэжщ, сабиигъуэ жыхуаIэжыр зэпхар джэгукIэ зэмылIэужьыгъуэхэрщ, — арэзы дохъу Мурат и ныбжьэгъум. — Псом хуэмыдэу щIымахуэм IэжьэкIэ къэбжыхьыныр сыту гухэхъуэгъуэт! Сабиигъуэ гукъэкIыжхэм изопх ди адэм сызригъэдаIуэу щыта таурыхъхэмрэ хъыбархэмрэ.
Шэрджэс Мухьэмэд ЦIыхур къыдэкIуэтеиху зыхилъхьэ хьэл-щэнхэр, гупсысэхэр нэхъыбэу сыту пIэрэ зэлъытар? Унагъуэм щигъуэт гъэсэныгъэра, школым зыщыхурагъаджэхэра, хьэмэ лъымрэ къупщхьэмрэ я мыхьэнэр нэхъ ин? Апхуэдэ упщIэхэми я жэуапу дэтхэнэми я гупсысэ пыухыкIа къагъэлъагъуэ ди псэлъэгъухэм.
— А псоми зызэщIагъакъуэурэ къызэдэгъуэгурыкIуэн хуейуэ къызолъытэ, — жеIэ Шэрджэс Мухьэмэд. — Псалъэм папщIэ, сабийм унагъуэм щигъуэт гъэсэныгъэм къыпащапхъэщ школ егъэджакIуэхэм. Ар егъэджакIуэ къудейкъым, атIэ икIи гъэсакIуэщ. Иджыри мыжэпхъа, зэрымыубыда сабий гупсысэр гъуэгу тригъэувэн хуейщ абы. Ар тыншкъым. Сэ школым нэхъыфI дыдэу щыслъагъуу щытащ адыгэбзэмрэ литературэмкIэ, тхыдэмкIэ къыдат дерсхэр. ФIыщIэ хузощI си егъэджакIуэ Шэшэн Людмилэ.
Пэжщ, тхыдэр куэду зэхедз. Нэхъ сфIэтелъыджэр ди адэжьхэм ятеухуахэрщ, Кавказым къикIуар къызыхэщыжхэрщ. Адрей лъэпкъхэм я щэнхабзэхэр яфIэхьэлэмэту ядж. Дэри диIащ къежьапIэ, зыужьыпIэ. Аращ япэу къытфIэIуэхупхъэр. А псом теухуауэ школ программэм зы дерси зэрыхэмытыр си жагъуэщ.
— Сэри сыт щыгъуи сфIэфIт тхыдэр, иджыри сыдехьэх, — къыпещэ адэкIэ Нырым. — Хэт зэран къысхуэхъур, псалъэм папщIэ, си лъэпкъым и блэкIам сриплъэжыну? Зыри. Тхыдэдж зэхуэмыдэхэм я еплъыкIэхэм сыкIэлъоплъ тхылъкIэ, ИнтернеткIэ.
ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым сыщIэтIысхьэну сехъуапсэрт, — игу къегъэкIыж Мухьэмэд. — «Ар IэщIагъэ пхуэхъунукъым — уи гъащIэр укъафэу епхьэкIыфынукъым», — жаIащ си адэ-анэм. Ди анэм дохутыр IэщIагъэр фIэфIти, арэзы сщIын щхьэкIэ абы сыхуеджащ. СыщIегъуэжакъым. Абы ныбжьэгъу, цIыхугъэ къыщысхуэхъуахэм ноби сапыщIащ. Адыгэм и хьэл-щэн къызыхэщ Iуэху гуэрым гъунэгъу зыхуэсщIын зэрыхуейр си гум къызиIуэкIырт. Къафэм сыхыхьащ. Иджыпсту КъБКъУ-м и къэфакIуэ гупым сыхэтщ. ФокIадэм и 1-м екIуэкIыну махуэшхуэм ди гупыр хэтынущи, къысхуэмыгъэсу сыпоплъэ. Университетым къафэм дыщыхуигъасэу щытащ БжьыхьэлI Замир, иужькIэ Би-токъухэ Анзоррэ Оксанэрэ къыддэлэжьащ. Иджы Аушыджэр къуажэм гуп къыщызэзгъэпэщауэ, сабийхэр адыгэ къафэм хузогъасэ. СызыщIэса еджапIэм къафэмкIэ гъэсакIуэу сыщылэжьэну си мурадщ. ГукIи псэкIи а Iуэхум сыбгъэдохьэ. КъэфэкIэ езгъасэ къудей мыхъуу, си лъэпкъым теухуауэ сэ сщIэ мащIэмкIэ садэгуэшэну сыхуейщ студентхэм. Сыту жыпIэмэ, къафэми уэрэдми узыхуашэжыр хабзэмрэ нэмысымрэщ. Къафэм езым бзэ иIэжщ. Сыту куэд къызгуригъэIуа сэ абы!
Мурати Мухьэмэди жыджэру хэтщ адыгэ Iуэхум теухуауэ республикэм къыщызэрагъэпэщ зэIущIэхэм. Абыхэм я гуапэщ Адыгэ фащэм, Адыгэ ныпым я махуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым Iэтауэ зэрыщагъэлъапIэр. Адыгэ хабзэр, фащэр, бзэр къыдэхыжыным, зегъэужьыным теухуауэ щIалэхэм щапхъэ яхуохъу щIэныгъэлI ЦIыпIынэ Аслъэн къызэригъэпэщу щыта IуэхущIа-фэ дахэхэр.
НыбжьыщIэхэм сайтым къыщызэрагъэпэщащ щIалэгъуалэр я гупсысэкIэ щызэдэгуашэ гуп щхьэхуэхэр. Мурат и сабиигъуэм адэм къыхуиIуэтэжу щыта хъыбархэм я Iэужь къызэрынам и нэщэнэу, и гупым фIищащ «Адыгэ хъыбарыжьхэр», Мухьэмэд ейм и фIэщыгъэцIэщ «Адыгэхэмрэ абыхэм я щэнхабзэмрэ».
— Сайтым къызолъхьэ адыгэхэм ятеухуа тхыгъэ, сурэт гъэщIэгъуэнхэр. ЩIалэгъуалэр абы зэрыдихьэхыр нэрылъагъу ящI сурэтхэм къыкIэщIатхэхэм, — жеIэ Мухьэмэд.
Езыхэм хуэдэ щIалэгъуалэм яхэту Мухьэмэдрэ Муратрэ адыгэ зэIущIэхэм йокIуалIэ лъэпкъ фащэр екIуу ящыгъыу. Абыхэм яфIэгъэщIэгъуэнщ ди фащэм и къежьэкIар, зэрызэхэлъыр, мыхьэнэуэ къиIуатэм теухуауэ щыIэ еплъыкIэхэр.
— Ди лъэпкъ фащэр екIуу гъэщIэрэщIа пэтми, ар къыщежьам дахагъэм темыщIыхьауэ, атIэ тыншу уризэуэфын хуэдэу ядауэ щытауэ къызолъытэ. Iуэху ирипщIэну тыншкъым. ПщIантIэм щыдэсым деж цейр къытемылъу, дэкIын хъуамэ, щIэхыу къытралъхьэу щытагъэнущ, — къыддогуашэ Мухьэмэд.
Мурат адыгэ фащэм нэхъыщхьэ дыдэу хэлъу къилъытэр пыIэращ:
— ПыIэр щхьэрумытIагъэу, фащэм и закъуэ пщыгъыныр къекIуркъым. Адыгэ ныпым и махуэр дгъэлъапIэу къалэм дыдэту, зы лIыжь дыкъигъэувыIэри, къыдэхъуэхъуауэ щытащ пыIэр зэрытщхьэрыгъым щхьэкIэ. Адыгэм и дежкIэ пыIэм мыхьэнэ ин дыдэ иIэщ. Егъэлеяуэ къемыкIуу къызолъытэ иджыпсту хьэгъуэлIыгъуэхэм щауэм и пыIэр къыщхьэрачыныр «хабзэ» зэращIар. АдыгэлIым и пыIэр къызэрыщхьэрамычыр щхьэ къагурымыIуэрэ? ЦIыпIынэ Аслъэн и лэжьыгъэхэм къызэрыхэщыжымкIэ, пасэм хабзэ щыIащ щауэм, унагъуэ мыхъу щIыкIэ, зэ ещхьэфэуэжу. Ещхьэфэуэныр пыIэ щхьэрычыным щIыхуэкIуар гурыIуэгъуэкъым.
— ХьэгъуэлIыгъуэхэм Iуэху мыхьэнэншэ куэд хапщэ хъуащ иужьрей зэманым, — жеIэ Мухьэмэд. — ЦIыхур хъуэхъуакIуэ кIуамэ, ихьауэ хъуар къекIуэлIа псоми Iэмал имыIэу щхьэ яригъэлъагъун хуей? ХьэгъуэлIыгъуэ куэдым сыщрихьэлIащ апхуэдэ гуемыIу. НысащIэм техьэIамэ, «Уэхьэхьей, уэтэтей! Камерэр зыIыгъыр къевджэ, сурэттехыр къевджэ, нысащIэм и гуащэ-тхьэмадэр налкъутналмэскIэ тохьэ, гуащэ шыпхъур дыщэ сыхьэткIэ тохьэ!…», — жыпIэу щхьэ укIиин хуей? Апхуэдиз фэрыщIагъ зыхэплъхьэ Iуэхур Iуплъэгъуей мэхъу.
Сыт лъэпкъым нэхъыщхьэу иIэр? Дауи, и бзэрщ. Аращ ар лъэпкъ зыщIыжыр, зыгъэлъагэр, и пщIэр зыIэтыр.
— ЦIыхум хабзэр къыпхуегъэщтэжынущ. Ауэ бзэр Iэпыхуныр нэхъ шынагъуэщ, — жеIэ Мурат.
А гупсысэмкIэ арэзы хъуакъым Мухьэмэд:
— Бзэмрэ хабзэмрэ зэкIэрыпч хъунукъым. Зыр имыгъусэу адрейр щыIэфынукъым.
ЩIалэхэм я хъуэпсапIэхэри зытеухуар лъэпкъым зиузэщIынырщ: зы щIыналъэ, зы бзэ, зы хабзэ диIэнырщ!
Гугъуэт Заремэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31164.txt"
} |
ФIыщIэ пхузощI, си адэ!
Урысей Федерацэм и цIыхубэ сурэтыщI, ХудожествэхэмкIэ Урысей академием и академик, а IуэхущIапIэм графикэмкIэ и творческэ мастерскойм и унафэщI, профессор, ди къэралым щыяпэу ксилографиемкIэ студие Красноярск къыщызэIузыха Пащты Герман и тхылъыщIэ, «Спасибо тебе, отец!» фIищауэ дунейм къытехьащ.
СУРЭТЫЩIЫМ и IэдакъэщIэкI лэжьыгъэхэм я закъуэкъым тхылъыр зыгъэщIэращIэр, абы итщ Герман и адэ-анэхэу Пащты Суфэдинрэ ФатIимэтрэ, и къуэшищымрэ и шыпхъумрэ, и къуэ Алимрэ ипхъу Лелэрэ, и къуэрылъху Артуррэ пхъурылъху Жан-Булэтрэ, и Iыхьлыхэм я сурэтхэр. НапэкIуэцI 13 фIэкIа мыхъу лэжьыгъэ пIащIэ цIыкIум уегъэцIыху сурэтыщIым и унагъуэр, наIуэу уи нэгу къыщIегъэувэ и гупсысэхэр. ЩIэщыгъуэщ художникым илъэс бжыгъэкIэ гум щигъэфIа, и адэмрэ адэжь лъахэмрэ ятеухуа гукъэкIыжхэр…
«ХудожествэхэмкIэ Урысей академием и къудамэу Красноярск дэтым Матросовым и уэрамым сытету сыщыкIуэкIэ, си адэм и IэкIэ ищIауэ Налшык дэта унэр, Матросовым и уэрамым тету, си гум къредзэ, — щетх тхылъ цIыкIум Герман. — Совет Союзым и ЛIыхъужьым и цIэр зезыхьэ уэрамыр Хэку зауэшхуэм хэта Пащты Суфэдин и унагъуэшхуэм и хэщIапIэт. Абы дыхьэ дэтхэнэри яфIэIэфIу нобэр къыздэсым йофэ си адэм пщIантIэм дищIыхьауэ щыта псыкъуийм къраш псым. «Изобеллэ» жызум лIэужьыгъуэ мэ гуакIуэ къызыпихыр иджыри дэтщ. СощIэж, си адэ, ар зы къудамэ цIыкIуу хэтсауэ зэрыщытар. Уэ къэбгъэнащ хадэ дахэ, пхъэщхьэмыщхьэхэм нэмыщI, удз гъэгъахэмкIи къулейуэ. ИкъукIэ гугъу уехьу зэрыбынитхур дыкъэпIэтащ. Быным я нэхъыжь сэ махуибгъу сыхъуу арат 1941 гъэм Хэку зауэшхуэм ущраджам. УIэгъэ ухъуауэ абы укъикIыжри, игъащIэ псокIэ пхэлъащ шэ къутахуэхэр. Уэращ дызыгъэсар ди щIыналъэр фIыуэ тлъагъуу, уэращ дыкъэзыгъэтэджар лIыгъэ тхэлъу, зэпIэзэрыту.
СощIэж мэжэщIалIагъэм дыкъебгъэлу жмых кIанэ къытхуэпхьу зэрыщытар, ар сыту гуфIэгъуэшхуэт ди дежкIэ! Апхуэдэу дыбгъасэрт зыр зым дыкъыщхьэщыжу, дызэкъуэту. Лэжьыгъэм и япэ дерсхэр етхуанэ классым сыщIэсу къызэптауэ щытащ, мафIэгу вагонхэр щыдунэщIым щыгъуэ. Сыщыстудентам сыту хуабжьу сэбэп къысхуэхъуа сэ ар!
Пащты зэщхьэгъусэхэу Суфэдинрэ ФатIимэтрэ. Заводым и щIыхь пхъэбгъум илъауэ щыта уи сурэтыр нобэми сощIэж. ТкIийуэ, захуагъэм урителъхьэу, дэIэпыкъуэгъу нэсу уахущытащ уи бригадэм хэта лэжьакIуэхэми, уеблэмэ унафэщIхэми. Арматурщик IэщIагъэм хуэIэзэ ухъуати, республикэм щынэхъыфIхэм ухабжэрт. Дызыщымысхьыжу дылажьэу дебгъэсат, Iуэхур нэгъэсауэ зэфIэдмыхыуи къытхуэбдэртэкъым.
Уи деж псэ хьэлэлыгъэмрэ цIыхуфIагъымрэ зыщыхуэдгъасэрт. Ди унэ къихьэхэр уэ езым «Изобеллэ» жызумым къыхэпщIыкIауэ илъэс IэджэкIэ щыта шагъырым ебгъафэрт, мамэ псынщIэу шхын къытригъэувэрт. Абы нэхърэ нэхъ IэфIу пщафIэрэ нэхъ пщэфIэн зыфIэфIрэ а Iэгъуэблагъэм къибгъуэтэнтэкъым.
Нэхъыжьхэми нэхъыщIэхэми епсэлъэкIэ пщIэрт. Арат ди унэр щIэцIыху кIуапIэр, ди Iыхьлыхэми благъэхэми фIыуэ укъыщIалъагъур. Куба районым оперуполномоченнэу ущыщыIа зэманым къуажэхэр къызэхэпкIухьурэ фызабэхэм, зи бынхэр зыфIэкIуэда лIыжь-фызыжьхэм, сабий зеиншэхэм я мылъкум техуэу жыхуаIэ налогыр (уеблэмэ иджыри мыIэрысэ къызыпымыкIэ жыгыщIэ цIыкIум уасэ хуагъазэрт) къапхуеIыхыртэкъым. Арат къуажэр убгынэу Налшык укъэIэпхъуэн хуей щIэхъуар. Уи напэр къабзэти, Iуэху жагъуэ пхуэлэжьыртэкъым, дэри апхуэдэу дызэрыщытыным дыхуэбгъасэрт.
Пащты-Хъан Алим, Пащты Жаннэ, Пащты Герман, Пащты Лелэ. 2005 гъэ Зэи сщыгъупщэжынукъым Куба дыкъикIыу Налшык дэт Урыс драмэ театрым игъэува «Аленький цветочек» спектаклым дыкъэпшауэ зэрыщытар. Абы щыгъуэт япэу театр сыщыщIыхьар. Зы урысыбзэ псалъэ сщIэртэкъым, ауэ жыгхэр Iущащэрт, бзухэр бзэрабзэрт, лIыхъужьхэр зэми гуфIэрт зэми нэщхъейт, сэри псэкIэ псори зыхэсщIэрт. А махуэращ япэу нэгъуэщI дунейм сыщыхэплъар — гъуазджэм и лъахэм сыщихьар. Гъуазджэр зэрыспкърытыр къэпщIа иужь, си адэ, художественнэ училищэм сыщебгъэджэн щIэбдзат, сэ нэхърэ нэхъыщIэу бын цIыкIуиплI уиIэрэ пэт. ЕджапIэ нэужьым къысхукъуэкIа гугъуехьхэми зэрызыдэзмыгъэшыным упылъащ. Си IэщIагъэмкIэ лэжьыгъэ щызмыгъуэтым, уи бригадир улахуэм щыщ къызэптурэ сурэт зэращI Iэмэпсымэхэр къэзбгъэщэхурт, къыхэсха гъуэгум сытемыкIыу ипэкIэ сыкIуэтэн папщIэ. ПсэзэпылъхьэпIэкIэ уеджэми ущымыуэну а зэманым сыкъипшат, адэжь унэм сепшэлIэжри сылэжьэн щхьэкIэ сызыхуей псомкIи сыкъызэбгъэпэщат. Сытым хуэдэу ущыгуфIыкIат дунейм уехыжыным куэд къэмынауэ пIэщIэслъхьа тхылъым: ар Пушкин Александр и IэдакъэщIэкIхэр зэрыту си лэжьыгъэхэмкIэ гъэщIэрэщIарат. УщиякIуэ пэжуи, чэнджэщэгъу Iущуи, дэIэпыкъуэгъууи гъащIэ гъуэгу быркъуэшыркъуэм щызиIар уэращ, си адэ, сыпхуэарэзыщ.
Алим и къуэ Артур. 2012 гъэ. Лелэ и къуэ Жан-Болэт. 2012 гъэ. Зэгуэрым уи адэ Али-Мырзэ, Амаршан абхъаз пщыхэм я щIэблэм, иIат шищэ зыхэт табыни, ар зэрыщыту колхозым иритат… Ар щIыжысIэращи, уи сабиигъуэр пхьат шыхэм уахэтуи, ахэр зыхэплъхьэ щыIэтэкъым. Хэт и адыгэ а псэущхьэ гъэщIэгъуэныр фIыуэ зымылъагъур?! Уэ ушууей телъыджэт, уи зэфIэкIри 1935 гъэм Москва и Ут Плъыжьым къыщыбгъэлъэгъуат. Уэ зыбгъэщIагъуэу аратэкъым — уи лIыгъэр Хэку зауэшхуэм ипсыхьат.
Зауэм укъикIыжа иужь уи адэм и щIапIэжьу Куба дэтым щекIуэкI гуфIэгъуэ зэхыхьэхэм мамэ и гъусэу дахэу укъыщыфэрт. ПщIэнтэкъым уи лъакъуэми уи щхьэми шэ къутахуэхэр хэлъу.
Мамэрэ уэрэ фи гупсысэкIи, фи Iуэху бгъэдыхьэкIэкIи, дуней тетыкIэ хабзэкIи фызэрызэщхьар арагъэнщ, илъэсих зэхуаку иIэми, зы махуэм — мазаем и 5-м — тIури дунейм фыщIехыжар. 2001 гъэм и щIымахуэу Куба къуажэкхъэм ущытшэжым щыгъуэ сыкъызэплъэкIри, слъэгъуащ псышхуэм хуэдэу цIыхухэр къызэрыпкIэлъыкIуэр, шы гуартэм ещхь машинэ бжыгъэншэхэр. Ар цIыхухэм къыпхуаIэ лъагъуныгъэрт, ди адэ! А лъагъуныгъэр зэи кIуэдынукъым, нобэми ди гум илъщ. ИкIи щIым къытена уи бынхэмрэ Пащты лъэпкъымрэ къабгъэдэкIыу, укъызэралъхурэ илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу хьэршымкIэ дыплъэу бжыдоIэ: «ФIыщIэшхуэ пхудощI, ди адэ!»
ИСТЭПАН Залинэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31168.txt"
} |
Махуэ 50-кIэ екIуэкIащ
Курск щекIуэкIа зауэр мы гъэм илъэс 70 зэрырикъур Налшык щагъэлъэпIащ. Курскрэ Орловскрэ деж щызэуахэр зэхуэсри, ягу къагъэкIыжащ фронтым щагъэкIуа махуэхэр, я хэкум папщIэ зи псэр зыта лIыхъужьхэр.
Налшык къалэ щыIэ Ветеранхэм я советым и тхьэмадэ Абдуллаев Мустэфа зэIущIэр къызэIуихри, фIыщIэ яхуищIащ щIыпIэр хуит къэзыщIыжа зауэлIхэм, Курск деж лIыхъужьыгъэ къыщызыгъэлъэгъуа и ныбжьэгъухэм. «Урысейм и дэтхэнэ балигъми и къалэнщ ди адэшхуэхэм зэрахьа лIыхъужьыгъэм пщIэ хуищIыну, къыдэкIуэтей щIэблэр абы щагъэгъуэзэну, лъэпкъ, дин зэпэщIэувэныгъэхэр къамыгъэхъуну, щIалэгъуалэр хэкупсэу ягъэсэну», — жиIащ Абдуллаевым.
Ди къуэшхэр щыхэкIуэда щIыпIэм щIы IэмыщIэ кърашащ Курск зауэм хэта Багъ Сэфудинрэ Хлебин Евгенийрэ.
Дызэрыт зэманым ди республикэм щопсэу Хэку зауэшхуэм хэта лIыхъужь 290-рэ, абыхэм ящыщу 14-р Курск деж щызэуащ, ауэ зэIущIэм кърихьэлIэфар цIыхуи 8-ращ.
Узыншагъэ быдэ яIэну нэхъыжьхэм ехъуэхъуащ Налшык къалэ администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Тап Руслан, апхуэдэуи саугъэтхэр яритащ.
Фигу къыдогъэкIыж, Курс деж щекIуэкIа зэхэуэм ЕтIуанэ дунейпсо зауэр зыхуэкIуэнкIэ хъунум елъытауэ мыхьэнэшхуэ зэриIар. Махуэ 50-кIэ — 1943 гъэм бадзэуэгъуэм и 5-м щегъэжьауэ шыщхьэуIум и 25 хъухукIэ — Курск деж зауэ щекIуэкIащ, ар тхыдэм къыхэна зэпэщIэтыныгъэ нэхъ гуащIэхэм ящыщ хъуащ.
Уянаевэ Заринэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31175.txt"
} |
Узэгугъур къогугъуж
Жыгым сыт и мыхьэнэ, пхъэщхьэмыщхьэ къыпымыкIэмэ, лъэпкъым сыт и мыхьэнэ, щIэблэ къыщIэмыхъуэмэ?!
Дунейр зейр зи щIалэгъуэрщ. Зы лъэпкъми къэралми къэкIуэну иIэкъым, и щIэблэм хуэфащэ гулъытэ хуимыщIмэ, ар зрикIуэну «гъуэгур» хуимыгъэхьэзырмэ. ЯтIагъуэм ещхьу IэтIэлъатIэ ныбжьыщIэм къыпфIэIуэхуу уегугъумэ, сытри къыпхухэщIыкIынущ.
Сыт зэмани хуэдэу, ди нэхъыжьхэм яхэтщ къыдэкIуэтейм хуэмыарэзы. Абыхэм я зыщIыкIэм, псэлъэкIэм, дуней тетыкIэм хуохъущIэ, языныкъуэхэм нэхъ икIэ игъащIэм ямылъэгъуауэ тхьэ щаIуэж. Махуэ къэс зыужьыныгъэщIэ зыгъуэт дунейм нобэ хэпщIыкIыу угъуэлъыжамэ, зыри хыумыщIыкIыххэу нэху укъекIынкIэ зыхуэIуа щыIэкъым. Дуней зыужьыныгъэм и архъуанэм ирихьа ныбжьыщIэр зыхалъхуа зэманым декIун папщIэ, къару мымащIэ тригъэкIуэдэн хуей мэхъу. Лъэдакъэпэр пичу къыткIэлъызыгъэпIащIэ зэманым удекIуэкI къудейкIэ зэфIэкIыркъым, абы ухэзэгъэн папщIэ псынщIэ зыщищIым деж уэри зыдэпщIын, хуей хъумэ, укIэлъыщIэпхъуэнри Iэмал зимыIэщ — аращ иджырей гъащIэм и хабзэр. А псом укъыдэхуэу укъызыхэкIа лъэпкъым ухуэфэщэныр, гъэсэныгъэ пхэлъыныр, хабзэр зепхьэныр, адыгагъэм упылъыныр кIуэтэхукIэ нэхъ гугъу мэхъу. ГъащIэр ипэкIэ кIуатэ пэтми, зи щIалэгъуэм сыт щыгъуи щIэрыщIэу псэун щIидзэжын хуейщ.
Иджырей щIэблэр сыт хуэдэ жыпIэмэ, ар щIымахуэм щIэкIа мылыфым къыщIэрыуэ удзыщIэщ, ар дунейм и псэр хэзымыгъэкIщ, гъащIэр зэпызымыгъэч лъэмыжщ. Зэман къэс езым и щIэблэ егъасэ, къегъэтэдж. Ар гъащIэ хабзэщ. НэгъуэщI зы хабзи иIэщ а гъащIэм — уи быным цIыкIуху хэплъхьэрщ балигъ гъащIэм гъуэмылэу щигъуэтыжынур.
Пэжым ухуеймэ, ди зэманым и щIэблэр зэмыфэгъущ, плъыфэ псори ядэплъагъуу. Медан къэс ипэкIэ кIуатэ гъащIэм и щIэблэр нэхъ тэмакъкIэщI, шыIэр зыхуримыкъу зэрыхъуам шэч хэлъкъым, ауэ абы дэщIыгъууи щIалэгъуалэм гъащIэр нэхъ куууэ зыхащIэ, нэхъ гущIэгъулыщ.
ГъащIэм епха Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэм хэпхъауэ хэт щIалэгъуалэр дэзымыхьэх къэгъуэтыгъуейщ, жыджэрагъкIи жьы ящIэтщ, жэрдэмщIакIуэхэр, къэхутакIуэхэр, ухуакIуэхэр, гъукIэхэр, псапащIэхэр дызэриIэм ущымыгуфIыкIынкIэ Iэмал иIэкъым. Зэман къэс хабзэ щхьэхуэ щIэблэм нэрыгъыу яIыгъщ. Ди насыпщи, укъызыхэкIа лъэпкъым ухуэфащэу зыкъэбгъэлъэгъуэныр, абы и фIыр бгъэлъэпIэныр ди зэманым щытепщэ хабзэхэм ящыщ зыщ.
Уи щIэблэр къэпцIыхуну ухуеймэ, гъэунэхупIэ утыку игъэхьэ. Кавказ Ищхъэрэм и щIалэгъуалэ зэхыхьэу иджыблагъэ Мэшыкъуэ щекIуэкIам КИФЩI-м и щIыналъэ зэхуэмыдэхэм я щIалэгъуалэ нэхъыфIхэр, акъылыфIэхэр, зэфIэкI зыбгъэдэлъхэр зэхуишэсащ. Абы щызэхуэса ди щIэблэм лъэныкъуэкIэ укъеплъмэ, ущымыгуфIыкIынкIэ Iэмал иIэтэкъым, къару лъэщу къызэщIэрыуэ ныбжьыщIэхэм я лъэпкъ хабзэ, дин, нэмыс, щэнхабзэ яхъумэжыну зэрыхущIэкъур щыплъагъукIэ.
Я гупсысэкIэкIэ, дуней тетыкIэкIэ, гъащIэ лъагъукIэкIэ зэхуэмыдэ ныбжьыщIэхэр къызэщIэзыкъуа зэхыхьэм зэфIэкI зиIэ щIалэгъуалэ куэд къекIуэлIат. Iуэху еплъыкIэ зырыз зиIэхэр зыгъэпIейтейри зэтехуэртэкъым: хэт и щхьэ Iуэху зэригъэкIуэтэн, хэт къыщалъхуа къуажэ фIы гуэр зэрыхуищIэн, хэти сабий сымаджэхэм зэрызащIигъэкъуэн Iэмал къилъыхъуэрт. Дэтхэнэми хэкIыпIэм я нэхъыфIу къилъытэр къыхилъхьэу, акъыл зэхэдзэ ящIрэ зыр зым зэрызыщIигъэкъуэным яужь итт.
ЖыпIэнуракъэ, иджырей щIэблэм зэфIэкI зыбгъэдэлъ, гупсысэкIэ хьэлэмэтхэр, Iуэху еплъыкIэ щIэщыгъуэхэр къэзыгъэлъагъуэ куэд яхэтщ. НэгъуэщI зыми гу лъытапхъэщ: уIэбэ къудеймэ, уи хъуэпсапIэр уи Iэрылъхьэу къыщыпщыхъу ди зэманым къыхэтэджыкI ныбжьыщIэхэр гъащIэ тыншым IэрыпI ищIауэ фэ ятетщи, ари уигу къемыуэн плъэкIыркъым. Интернетыр «узыфэ» бзаджэу зыпкърытхэм я гурыгъу-гурыщIэхэр, гукъеуэхэр къахуэмыIуатэ хъуащ. Ныбжьэгъу пэжым нэхърэ Интернетым щагъэныбжьэгъур куэдкIэ нэхъыбэ мэхъу. Сэбэпынагъыу иIэм хуэдитIкIэ зэран къэзышэ Интернетым малъхъэдисым хуэдэу зыщIишэ ди щIэблэм абы фIагъыу хэлъым фIэкI къыхамыхыу едгъэсапхъэщ. Дэтхэнэ зыми жэуаплыныгъэ дохь къыдэкIуэтей щIэблэм я гъэсэныгъэр, я дуней лъагъукIэр убзыхунымкIэ. Адыгэм ауэ жиIэкъым «жьым и кIапэр щIэм и напэщ», нэхъыжьхэм куэдкIэ елъытащ къэкIуэну щIэблэм и хьэл-щэныр, псэукIэр, гупсысэкIэр.
ЦIыхумрэ жыгымрэ зэзгъэпщэн сфIэфIщ. Гъатхэм гъагъэ кхъужьейм гулъ куэдыщэ щызэротIэпIыкI, жыг къудамэхэр уамыгъэлъагъужрэ жыгыр ягъэдахэу, гъэр кIуэхукIэ уэшхым, жьыбгъэм я зэранкIэ жыгым пытыр нэхъ мащIэ мэхъу. КхъужьIэрысэ цIыкIухэр къыпыкIа иужькIи иныкъуэхэр хофыкI, иныкъуэхэр хьэпIацIэм ныкъуэшх ящI, и хъугъуэр щынэсым пхъэщхьэмыщхьэм и Iыхьэ щанэрщ жыгым къыпынэжыр. ЦIыху гъащIэри апхуэдэщ: лъэпкъ жыгым щызэрытIэпIыкI псоми ущIэгушхуэн цIыху къищIыкIыркъым, ауэ и Iыхьэ щанэр къыхэщыпыкIауэ, зыр щэ я уасэу фIы хъумэ, ахэр лъэпкъым дамэ лъэщ хуэхъунущ. НобэкIэ щIэблэ дахэ, губзыгъэ, гъэса дызэриIэр щыплъагъукIэ, уащымыгуфIыкIын плъэкIыркъым. Пэжщ, гъуэгу пхэнжым техьа щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмри диIэщ, ауэ фIымрэ Iеймрэ щыщымыIа зэман псэ зыIутым ящIэжрэ?
Щомахуэ Залинэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31177.txt"
} |
Зэмыпсэлъэфхэр гукIэ зэрощIэ
Налшык къалэ дэт «Къурш псынэ» санаторэм зыщызыгъэпсэху, Тырку Республикэм къикIа ди лъэпкъэгъу ныбжьыщIэ цIыкIухэр «Адыгэ псалъэ» газетым и хьэщIэщым къытхуеблэгъащ, адэжь хэкум анэдэлъхубзэкIэ къыщыдэкI газет закъуэм и редакцэр зрагъэлъагъуну, абы и редактор нэхъыщхьэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд зыхуагъэзэну.
ХьэщIэхэр гуапэу къригъэблагъэри, зи унафэщI газетым и лэжьэкIэри, абы и къыдэкIыгъуэхэр зэрагъэхьэзырри, журналистхэм я IуэхущIафэхэри зэпкърыхауэ яжриIэжащ Мухьэмэд, апхуэдэуи Къэбэрдей Адыгэ Хасэм зэфIигъэкIхэмрэ лъэпкъым ифI зыхэлъ Iуэхухэр зэрыдигъэкIымрэ къытеувыIащ.
НыбжьыщIэхэм я гъусэ балигъхэм — Тхьэкъуахъуэ Дамиррэ Къардэн Асылрэ — тхьэмахуитIкIэ хэкужьым зыщрагъэплъыхьыну къаша цIыкIухэм Къэбэрдейр гуапэу зэрапежьар, щIыналъэри абы щыпсэу цIыхухэри ягу зэрырихьар жаIащ.
КъБР-м и Правительствэм и унафэм ипкъ иткIэ, иужьрей илъэситхум гъэ къэс къашэ ди лъэпкъэгъухэм я щIэблэр. А программэр зэрылажьэм, хэхэс адыгэхэм я сабийхэр хэкужьым зэрыщагъэIэ мардэхэм къытхутепсэлъыхьащ КъБР-м ХъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министерствэм и лэжьакIуэ, ди хьэщIэхэм я гъусэ Жырыкъ ФатIимэ:
— Мы Iуэхур ди дежкIэ щIэкъым, — къыддогуашэ ФатIимэ. — НыбжьыщIэхэр гъэ къэс къыдогъэблагъэри, адэжь хэкум я нэгу зыщыдогъэужь, Къэбэрдейм и щIыпIэ нэхъ дахэхэр ядогъэлъагъу. Иджы къэкIуа гупыр Анкара, Истамбыл, Къайсэр къалэхэм къикIащ. Езыхэри фIыуэ зэрызэрымыцIыхум къыхэкIыу, ипэ махуэхэм хамэгу-хамащхьэу щытащ, ауэ сабийхэм нэхъ псынщIэу зэсэ щыIэ?! МахуитI-щы зэрыдэкIыу нэгъуэщI хэгъуэгухэм къикIауэ лагерым щыIэ ныбжьыщIэхэри ныбжьэгъу къащIат, езыхэри зэдэлъхузэшыпхъум хуэдэу зэхуэхъуат. Министерствэм щыдгъэхьэзыра программэ щхьэхуэм тету сабийхэр Шэджэм псыкъелъэхэм, Гуэл щхъуантIэхэм, Iуащхьэмахуэ лъапэ, Налшык паркым, нэгъуэщIхэми тшащ. Ялъагъу псори зэрафIэтелъыджэм къыдэкIуэу, мы цIыкIухэр зыкIэ набдзэгубдзаплъэщи, гу зылъатэхэр богъэщIагъуэ. Паркым къыщызыкIухь щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ я зэхущытыкIэр, зи сабий къезышэкI анэхэр я быным зэрепсалъэр, псори яфIэгъэщIэгъуэну тепсэлъыхьыжу апхуэдэхэщ. Здэтша щIыпIэхэр хуабжьу ягу ирихьащ, уеблэмэ кIуэжыхукIэ яфIэкуэдщи, Интернетым и Iэмалыр къагъэсэбэпурэ, я ныбжьэгъухэм зыхуагъэщIагъуэ. Лагерым куэд ныбжьэгъу щызэхуэхъуащ, къищынэмыщIауэ, Тыркум къикIа цIыкIухэр зыщыщ лъэпкъхэм я лIыкIуэхэр къакIуэурэ унагъуэхэм ирагъэблагъэри ягъэхьэщIащ, ахэр зрагъэцIыхуащ.
— Хэкужьым и хъыбар зымыщIэ зыри яхэткъым къэтша сабийхэм, — жеIэ Асыл. – Псоми я адэ-анэхэм, адэшхуэ-анэшхуэхэм жаIэж хъыбархэр зэхахащи, щIэупщIэу апхуэдэхэщ, Тыркум щызэхахахэр я нэкIэ зрагъэлъагъуну хуейуэ. Дыкъезыгъэблэгъа министерствэм фIыщIэшхуэ худощI, хуабжьу гугъу зыкъыддрагъэхьащ, щIыпIэ дахэ куэдым дашащ. Мыпхуэдэ зэкIэлъыкIуэм мыхьэнэшхуэ иIэщ, сыту жыпIэмэ, цIыкIухэр лагерым щыIэху адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэ къадэлэжьащи, зы псалъи зымыщIэу къэтшар адыгэбзэ-кIэ пщIым нэс бжэфу, цIыхум угурыIуэн щхьэкIэ Iэмалыншэу пщIэн хуей псалъэхэр зригъэщIауэ нэкIуэжынущ. Мыхэр школакIуэу аращи, я нэхъыбэм мурад ящIащ, еджапIэ нэужьым, хэкум къэкIуэжу щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызрагъэгъуэтыну. Языныкъуэхэми я адэ-анэм елъэIуу Налшык къэIэпхъуэжыну ягу иралъхьащ. Апхуэдэу адэжь хэкум гурэ псэкIэ пыщIа хъуащ зыгъэпсэхуакIуэ къэтшахэр.
Езы ныбжьыщIэхэм жаIэжын я куэдщ. Арымбэдж Айшэнур кIуэжыну зэрыхуэмейр къыджиIащ. «СыкIуэжми, щIэх дыдэу къэзгъэзэжынущ, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым сыщеджэну мурад сщIащ, — жеIэ пщащэм. — Мыбы щытлъэгъуа телъыджэ къомыр къэпIуэтэжын щхьэкIэ зэман куэд ихьынущ, ауэ сэ нэхъ къыхэзгъэщыну сызыхуейр цIыхухэр зэрыгуапэрщ. Сэ адыгэбзэкIэ мащIэ дыдэу сопсэлъэф, ауэ фIыуэ къызгуроIуэ. Си гъусэхэм зы адыгэ псалъи зымыщIэ яхэтщ. Ауэ дыкъызыхэхута дунейр апхуэдизкIэ гуапэти, бзэр зэрамыщIэм зыри гугъу дехьакъым, зэмыпсэлъэфхэр гукIэ зэрыщIэрт. ЦIыхухэм я зэхуаку дэлъ лъагъуныгъэр зэрынэхъыщхьэр къызгурыIуащ, я бзэхэр зэтемыхуэми.
Елокъуэ Ахьбин, ЖьакIуэ Ахьмэд, Бэч Беркъант сыми къыджаIащ нэм илъагъу дахагъэм нэмыщI, хэкущIым IэфIагъ гуэр зэрыщыгъэпщкIуар. НыбжьыщIэхэм я мурадщ илъэс къэс мыпхуэдэ лагерхэм къэкIуэну, балигъ хъумэ, адэжь лъахэм зэи пэIэщIэ замыщIыну.
НэщIэпыджэ Замирэ.
Сурэтыр Мамий Руслан трихащ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31181.txt"
} |
Кахраманмараш и лIыкIуэхэр
ШыщхьэуIум и 27-м КъБР-м Спортымрэ туризмэмкIэ и министерствэм щрагъэблэгъащ Тыркум и Кахраманмараш къалэм и лIыкIуэ гуп. Къалащхьэм къэкIуа хьэщIэхэм я мурадщ ди щIыналъэм Iуэху зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ къыдэлэжьэну. Тыркум и лIыкIуэ гупым хэтщ Кахраманмараш къалэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Кабакчи Джавдет, спортымкIэ къалэ комитетым и унафэщI Оздемир Ибрэхьим, лъэпкъхэм я спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ федерацэм и тхьэмадэ Хопур Шахьим, тхакIуэ, егъэджакIуэ, щэнхабзэ лэжьакIуэ Емуз Невзат, журналист, «Свобода» радиом Тыркум щикорреспондент, щэнхабзэм и лэжьакIуэ Емуз Баязит сымэ.
ХьэщIэхэр яхуэзащ КъБР-м спортымрэ туризмэмкIэ и министр АфIэунэ Аслъэн, абы и къуэдзэхэу Мамхэгъ Хьэчимрэ Улаков Юсупрэ, «Налшык» курорт» ОАО-м и унафэщI Къаскъул Владимир, Налшык къалэ округым и администрацэм физическэ щэнхзабзэмрэ спортымкIэ и комитетым и унафэщI Бузд Беслъэн сымэ.
Зиусхьэн Кабакчи Джавдет и псалъэм къыхигъэщащ Кахраманмараш и унафэщIхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым, абы и щыхьэр Налшык экономикэ, щэнхабзэ, спорт IуэхухэмкIэ къыдэлэжьэну зэрыхуейр.
АдэкIэ хьэщIэр я къалэм и тхыдэм кIэщIу къытеувыIащ. КъызэрыщIэкIымкIэ, Мараш хеттхэм къызэрагъэпэщауэ щытащ ди эрэм и пэкIэ. Абы «ещIэж» Рим, Византие империехэр.
Иджырей Мараш къалэр ХVII лIэщIыгъуэм и кIэм къызэрагъэпэщащ (къалэжьым километр 18-кIэ пэIэщIэу). 1973 гъэ пщIондэ Мараш цIэр зэрихьащ икIи а илъэсым и жэпуэгъуэм абы дыщIагъуащ Кахраман (лIыхъужь) псалъэр. Ар кърикIуащ Мараш къалэм деж щекIуэкIа зауэм тыркудзэхэр Франджы легионым зэрыщытекIуам. Кабакчи Джавдет зэрыжиIамкIэ, а зауэм Кавказ Ищхъэрэм щыщхэри жыджэру хэтащ.
Нобэ Кахраманмараш цIыху мин 500 щопсэу, абыхэм ящыщу унагъуэ мини 2-р адыгэщ. Ар Тыркум и къалэ нэхъ ин дыдэу 14-м ящыщщ, экономикэ зыужьыныгъэмкIэ нэхъ лъэщу 20-м хохьэ.
— Ди къалэм и экономикэм и лъабжьэ нэхъыщхьэр Тыркум япэ увыпIэр щызыIыгъ текстиль промышленностырщ. Абы къыкIэлъыкIуэу долэжь дыщэхэкI хьэпшыпхэм. Къыхэзгъэщынщи, абыкIэ ди япэ итыр Истамбыл къалэрщ. НэгъуэщI къэралхэм идогъашэ доллар мелардым щIигъу и уасэ хьэпшып, — жиIащ Джавдет. Апхуэдэуи къыхигъэщащ я морожнэм къытекIуэн зэрыщымыIэр, ар бжэнышэм къызэрыхащIыкIыр.
Зиусхьэн Кабакчи АфIэунэ Аслъэн къритащ я къалэм и тхыдэм теухуа тхылъ, я Парламентым и дамыгъэр. Министр АфIэунэ Аслъэни хьэщIэхэр гулъытэншэ ищIакъым, абыхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым теухуа тхылъ, фэеплъ саугъэтхэр яритащ.
Оздемир Ибрэхьим республикэм и спортсменхэр иригъэблэгъащ 2014 гъэм мазаем я къалэм щекIуэкIыну зэхьэзэхуэшхуэм. БэнэкIэ хуитымкIэ зэпеуэнущ къэрали 100-м щIигъум я лIыкIуэхэр. Спортсменхэр егъэджэныр, абыхэм я зэфIэкIым зегъэужьыныр КъБР-мрэ Тыркумрэ щрагъэкIуэкIыну зэгурыIуащ. Нэхъыщхьэращи, Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Кахраманмараш къалэмрэ я зэныбжьэгъугъэм зрагъэужьыну, спортым нэмыщI, туризмэм епха IуэхухэмкIэ зэдэлэжьэну жаIащ.
ЛIыкIуэхэм я пашэ Кабакчи Джавдет къызытекIухьа я мурадыфIхэр къазэрехъулIэнур, лъэныкъуитIыр зэхуэарэзыуэ зэрызэдэлэжьэнур и фIэщ зэрыхъур жиIащ икIи езым и унафэщIхэм я цIэкIэ бысымхэр Кахраманмараш къалэм иригъэблэгъащ.
ХьэщIэхэм ирагъэлъэгъуащ республикэм и щIыпIэ нэхъ дахэ дыдэхэр.
УЭРДОКЪУЭ Женя.
Сурэтыр Мамий Руслан трихащ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31184.txt"
} |
ЦIыху къыпхэхъуэныр зы фIыгъуэщи, цIыху Iущ къыпхэхъуэныр фIыгъуищэщ
Адэжь щIыналъэм къэкIуэжа Хъуажь Фахъри Мухьэрэм и къуэр Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ институтым и щIэныгъэлIщ, «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэщ. 1946 гъэм фокIадэм и 15-м Анталие вилайетым хиубыдэ Коркутели къалэжьейм и Къэсейхьэблэ (Елэмэ) абазэхэ къуажэм къыщалъхуащ. И унэгуащэ Къардэн Дурие щIалитIрэ (Нэсыж, Инал-Нэшэс) пщащитIрэ (Нэжан, Нэхунэ) дигъуэтащ.
Фахъри Истамбыл дэт Ислъам институтыр, Къэралыгъуэ-жылагъуэ IуэхухэмкIэ Тыркумрэ КъуэкІыпІэ Курыт хэгъуэгухэмрэ я институтым и магистратурэр, Истамбыл университетым и юридическэ факультетыр къиухащ;
И IэщIагъэкIэ дин щIэныгъэлIщ, уэчылщ, уэсмэныбзэкIэ, тыркубзэкIэ, адыгэбзэкІэ тха тхыгъэхэр зэзыдзэкI тхакIуэщ.
ди адэшхуэхэр зэрырахурэ илъэси 125-рэ щрикъум ирихьэлIэу ирагъэкIуэкIа щэнхабзэ тхьэмахуэм хэту 1989 гъэм Анкара зэхуэс щрагъэкIуэкI. ГуащІэхуэгъафІэу (пенсэм) тІысыжыну хуит зэрыхъуу, Фахъри Хэкужьым къигъэзэжащ.
Хъуажьыр Адыгейм гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым уэсмэныбзэжьымкIэ, тыркубзэмкIэ, адыгэбзэмкIэ и щIэныгъэлI пажэу, «Адыгэ макъ» газетым Тыркум щыIэ и корреспонденту, Адыгэ къэрал университетым диным, хэхэс адыгэм я тхыдэмкIэ егъэджакIуэу лэжьащ.
Истамбылрэ Анкарарэ щызэхэт адыгэ хасэхэм илъэс 40-кIэ жыджэру щылэжьащ. Анкара щыIэ Кавказ Хасэм тхуэнейрэ и тхьэмадэу хахыгъащ. Дунейпсо Адыгэ Хасэми, КАФДЕР-ми, ЦІыхубэ-бэдаущ хасэхэм зегъэужьынымкIэ Анкара щаухуа зэгухьэныгъэми я тхьэмадэ къуэдзэу щытащ.
Анкара Кавказ-Адыгэ Хасэм адыгэбзэ щригъэджащ, курс щэщIым нэс къызэІуихыгъащ.
Хъуажь Фахъри тыркубзэкIэ зэридзэкIащ Адыгэ Республикэм и къэрал хабзэхэр; КIэрашэ Тембот и «Шапсыгъ пщащэр», Щхьэлахъуэ Iэбу и «ЛІыхъужь мафІэр», Лъостэн Исуф и «ЩауэкІасэ и хъыбархэр». Уэсмэныбзэжьым кърихри иджырей тыркубзэм къригъэзэгъащ Мэт ВынатІэкъуэ Юсыф-Иззэт пэщэ и «Кавказым и тхыдэр», Хьэгъур Ахьмэд и «Кавказ напэр».
Езым итхахэр:
— «Ислъам динымрэ адыгэ хабзэмрэ къызэрыдалъытэм тету хьэдэ хуэІуэхуэщІэхэр» (адыгеибзэкIэ, тыркубзэкIэ).
— «Адыгэ тхэпкъылъэхэр» (алфавитхэр), тыркубзэкІэ къиІуэтыкІауэ; «АдыгэбзэкІэ зэдэпсэлъалъэ», — адыгей, къэбэрдей жыІэкІэхэмрэ тыркубзэмрэ; «Адыгэ уэрэдхэр» — адыгей, къэбэрдей жыІэкІэхэмкІэ;
— «Адыгэбзэ зыдогъащІэ — 1» (адыгей, къэбэрдей жыІэкІэхэмкIэ еджэкІэ зэзыгъэщІэну хуейхэмкІэ дэІэпыкъуэгъу, тыркубзэкІэ къиІуэтыкІауэ); «Адыгэбзэ-тыркубзэ; тыркубзэ-адыгэбзэ псалъалъэхэр»;
Хъуажьыр щылэжьащ хасэм Истамбыл, Анкара къыщыдигъэкI «Нартхэм я макъ», «Гъуазэ» газетхэм, «ЩIакIуэ», «Iуащхьэмахуэ», «Нарт» журналхэм.
Лъэпкъыр зыщIэхъуэпсымрэ Хэкур зылъэIэсымрэ
сэмэгумкIэ къыщыщIэдзауэ щытхэр: Бейгуа Умар, Выщхьэ И., ДыщэкI Э., Борей Рауф, Гусэр Уасфи, Нэгъуей Турхьэн, Думэныщ Хъейри, щысхэр: ТIэщу Ясинрэ Хъуажь Фахърирэ. Истамбыл, 1969 гъэ ЦIыху къыпхэхъуэныр зы фIыгъуэщи, цIыху Iущ къыпхэхъуэныр фIыгъуищэщ. Тыркум къиIэпхъукIыжу япэщIыкIэ Адыгейм, иджы — Къэбэрдейм къыщепсыхыпа Хъуажь Фахъри мазэ зыбжанэ и пэкIэ «Адыгэ псалъэм» и лэжьакIуэ хъуащ. Адыгэ къэпсэлъыкIэ псори и шакъалъэм иту къалэмыр зыгъэбзэрабзэ, ди щIэджыкIакIуэхэм псынщIэу нэIуасэ яхуэхъуа лIы губзыгъэр нэхъри нэхъ гъунэгъуу къэзыцIыхухэр щIемыгъуэжыну къытфIощI.
Къэралым иримыгъэджами и бзэр къызэтенащ
— Иужьрей илъэс тIощIым и кIыхьагъкIэ щэнхабзэ зэхуэмыдэхэм щIапIыкIауэ Хэкум къэIэпхъуэжа ди лъэпкъэгъухэр куэд мэхъу икIи абыхэм я фIагъ цIыхубэм зэрекIым шэч хэлъкъым. Ауэ, дызэресауэ, адыгэ къэс езым и адыгэкIэр нэхъ фIэзахуэщ. Бзэ зэпеуэр къэтщтэнщи, къэбэрдейхэм: «Фэ Сирием е Тыркум фыкъикIыжауэ адыгэбзэ дывгъэщIэжыну ара?» — жаIэ, къэкIуэжахэри урысыбзэм и жьышхуэ зыщIихуа къэбэрдеибзэм зэгуимыгъэпмэ, егъэдыхьэшх. Хэкум щызекIуэ адыгэбзэр дауэ къыпщыхъурэ?
— Адыгэбзэм и купщIэр къэпщIэн щхьэкIэ, нарт хъыбархэм къыщебгъэжьэн хуейщ. Емыджа-емыпщауэ, адыгэбзэ къабзэр зыIурылъ цIыху къызэрыгуэкIхэм деж.
Идеологие щхьэхуэ зиIэ къэралхэр яужь итщ псори зы щапхъэм ирагъэхьэну. Адэжь хэкум ис адыгэхэр урысыбзэкIэ мэгупсысэри, итIанэ ар адыгэбзэкIэ зэрадзэкIыж. Аращ дыщIызэгурымыIуэр. Дэ адыгэбзэкIэ драгъэджакъыми, ди щхьэр яIуэнтIакъым. КъызэрыгуэкIыу, дызэрыщытам хуэдэу дыкъэнащи, ди адыгэбзэр нэхъ адыгэбзэ нэсу къытфIощI. Псалъэм щхьэкIэ, «Сэ жысIэну сыхуейщ» жеIэри къыщIедзэ зыгуэрым. «Я хочу сказать» — жиIэу аращ абы. ЩытхэкIи апхуэдэщ. Дэ жытIэхэр къащIыгурымыIуэри абы къыхокI. Урысыбзэм ирагъапщэри, абы хуэкIуэу щытмэ, фIыщ, хуэмыкIуэмэ, ар адыгэбзэкъым. Тыркуми иIэт идеологие хэха: абы щыпсэу псори тырку ищIыну яужь ихьат, тыркубзэм фIэкIа адрей бзэхэм хуригъаджэртэкъым. Куэдрэ къэралым иригъэджахэм, ипсыхьахэм я адыгэбзэр Тыркуми щызэкIуэкIащ. Емыджэу къуажэм дэсахэм я бзэр нэхъ къабзэу къызэтенэжащ. Ауэ къэбэрдейхэм адыгэбзэ ящIэркъым жыпIэнри захуагъэкъым, мыбдежым бзэм хуабжьу зыщрагъэужьащ.
Къэбэрдей жыIэкIэмрэ адыгей жыIэкIэмрэ
А тхьэмахуэм хэтщ (цIыхухъу щытхэр): Къанкъуэщ Турхьэн, Сыкъун Хьэсэн, Едыдж Мамэт, Хъуажь Мухьэмэд-Хъер, Хъуажь Фахъри, щысхэр: Дыгъу Мирач, Тхьэзэплъ Фоузи, Едыдж Нихьаи. Бзэм зимыужьмэ, псэуфынукъым. ПсалъэщIэ къыхигъэхьэн, жыIэкIэ дахэ къигъуэтын, нэхъ псынщIэ, тынш хъун хуейщ бзэр. Армырамэ, динозаврхэм хуэдэу дэри дыкIуэдыжынущ. Мис, убыхыбзэм макъ 83-рэ хэтт. Апхуэдиз макъкIэ хэт нобэ бгъэпсэлъэфынур? Макъ зыбжанэ хагъэкIауэ щытамэ, нэхъ жыIэгъуафIэ, гурыIуэгъуафIэ хъунти, хэт ищIэрэ, убыхыбзэри къызэтенэнт.
Ди бзэхэри абы хуокIуэ. Адыгеибзэр къызощтэри, абы тхэпкъ (хьэрф) хыщIрэ хырэ хэтщ. Сэ адыгэбзэ фIыуэ зыщIэхэм сыхабжэри, жызмыIэф макъ куэд хэтщ абы. Адыгэм литературэбзэу тIу диIэщ: къэбэрдеибзэрэ адыгеибзэрэ. Адыгеибзэм лъапсэ хуэхъуар кIэмыргуей диалектращ, ауэ кIэмыргуейм къытенакъым, абазэхэхэри, шапсыгъри, бжьэдыгъури, хьэтыкъуейри къыхыхьэри, абыхэм я псалъэ гуэрхэмкIэ нэхъ бей хъуащ. Уи фIэщ хъункъым — адыгеибзэкIэ «тхын, тхэн» псалъэхэм «а» тхэпкъ закъуэмкIэ къыщIидзэу псалъэ мин щэщIрэ миниплIрэ къытезгъэхъукIащ. Къэбэрдеибзэм а бжыгъэр тIэкIу къыщохуэх. Ауэ ар дагъуэкъым — дэгъуэщ. Нэхъ макъ мащIэкIэ ди адыгэбзэр дгъэIурыщIэфу тщIыну сыхуейт, Тыркум зэрищIам хуэдэу. Ататюрк лIы Iущт. Макъ щэщIрэ хырэ хэтт тыркубзэми, макъ тIощIрэ бгъурэ иригъэщIащ. МащIэ дыдэу зэрахьэ макъхэр хигъэкIри, нэхъыбэу къагъэсэбэпхэр япэ иригъэщащ, латиным тригъэхьэжри, нэхъ тынш ищIащ. Иджыпсту Тыркум укIуэрэ мазитIкIэ уи закъуэ укъанэмэ, тыркубзэкIэ упсалъэу укъэкIуэжыфынущ. Бзэр тыншкъым, ауэ зэгъэщIэгъуафIэ, къеджэгъуафIэ, тхыгъуафIэ хъуащ. Адыгэбзэр апхуэдэ хъуакъым иджыри.
Фахърирэ Къуиикъуэ Асфаррэ - Адыгейм лIакъуэ мэз щаухуа щIыпIэм. — Бзэр зэрызекIуэ хабзэхэра тынш щIын хуейр?
— Къэбэрдей жыIэкIэмрэ адыгей жыIэкIэмрэ я тхыкIэр зы хъун хуейщ. Зы макъыр зы дамыгъэкIэ ятхыу. Мыбдеж апхуэдэ унафэ къыщащтащ, лэжьыгъэ гуэрхэри екIуэкIащ, ауэ ари ирикъукъым. Псалъэм щхьэкIэ “ш”-мрэ «щ»-мрэ. Макъ [щ]-р Адыгейм “ш”-уэ зэрехьэ, мыбы ар “щ” щохъу. Зы макъым дамыгъитI иIэу мэхъу.
— Дызэрытхэр нэхъ зэщхьмэ, дыщызэпсалъэкIи нэхъ зэгурыIуэгъуафIэ дыхъуну, абы зы дищIыжыфыну къыболъытэ?
— Аращ сэ сызэреплъыр.
Бзэм псалъэщIэ къыхохьэ
— Лъэпкъыр лъэпкъыу щыIэн щхьэкIэ, IуэхугъуитI хуэныкъуэщ. Зыр — щIэблэ. Лъэпкъым щIэблэ имыIэжу щытмэ, псэуфынукъым. Аращи, дэтхэнэ зы адыгэ унагъуэми сабиищ, сабииплI, сабиитху, сытми, сабиитI нэхърэ мынэхъ мащIэ къагъэхъун хуейщ. Уи цIыхущхьэ бжыгъэр куэду щытмэ, зыгуэр къыпхэкIынущ. Щэм пщIы къыхэкIынумэ, миным щэ къыхэкIынущ.
ЕтIуанэрейуэ, бзэм псалъэщIэ къыхыхьэн хуейщ. Бзэм къыхыхьэ псалъэщIэр лъэпкъым къыщIэхъуэ щIэблэм хуэдэщ. ПсалъэщIэ къэдмыгъуэтмэ, нобэ дызыхуеину псалъэхэр урысыбзэм къыхэтхмэ, ди бзэр тхьэмыщкIэ хъунущ, щыIэжынукъым. Мыбдежым соплъри, псоми урысыбзэ къазэрыгурыIуэм щхьэкIэ, адыгэбзэкIэ щыпсалъэкIэ урысыбзэ псалъэ куэд къыхагъэхьэ. КъагуроIуэри, ар адыгэбзэ къафIощIыж. Зэрымыадыгэбзэм гу лъатэжыркъым.
Бзэ щIэныгъэм, дэтхэнэ зы щIэныгъэ къудамэми елэжьхэм езыр зыхэт Iуэхугъуэм теухуауэ псалъэщIэ, термин къагъэхъун хуейщ. Дызыхуэныкъуэ псалъэ щыдмыгъуэтым деж, сыт тщIэнур? Зыгуэрым къеIытхын хуейкъэ? Япэрауэ, къызэIытхынур ди къуэшращ: Адыгейм сыт жаIэу пIэрэт мыбы теухуауэ, а бгъэдыхьэкIэм тету, Адыгейми, КъэбэрдеймкIэ къаплъэу, зыщыщIэр къимыщтэмэ, зы лъэпкъ дыхъужынукъым. Псалъэ хьэху ди къуэшым деж щыдмыгъуэтрэ — итIанэ ди гъунэгъум, урысыбзэм, дежкIэ, зыдгъэзэнщ. НэгъуэщIыбзэм псалъэ къыщыхэтхым деж, Iэмал имыIэу абы адыгэ фащэ щыттIэгъэн хуейщ. Армырамэ, къыхэпIиикIынущ, хэзэгъэнукъым. Псалъэм щхьэкIэ, гу лъыптамэ, сэ «амал» жызоIэ «Iэмал» зэрыжыфIэм, зэрыфтхым сыщыгъуазэщ, ауэ а псалъэр къызыхэкIа хьэрыпыбзэри сощIэ, хьэрып жыIэкIэу жысIэну сыхуейкъым. Хамэбзэм къыхэпхар хьэхущ, абы и пIэ ибгъэувэн гуэр бгъуэтми, ар къыхэнэу щытми, адыгэбзэм и фащэ щитIэгъауэ къыхэнэмэ, нэхъ екIунущ, нэхъ адыгэбзэ къабзэ хуэдэу къытщыхъунущ. «Жэуап, тэмэм, сэбэп» — мыхэр зыри адыгэбзэкъым. Ахэр хэздзынщи сыпсэлъэнщ жыпIэмэ, упсэлъэфынукъым. Зэгуэр хьэрыпыбзэм къыхэкIащ, зыгуэрурэ хэзэгъащ. Ахэр сэ псори хэдвгъэх жысIэркъым, ауэ абыхэм я пIэкIэ зыгуэрхэр къызэрыдгъуэтыным девгъэгупсыс, ди бзэр дывгъэгъэлажьэ абы теухуауэ. Мыри хрет, адрейри хрет. Нэхъ бей ищIынущ абы бзэр. Роман, усэ е зыгуэр щатхым деж нэхъ хуэкIуэр дэтхэнэрами хагъэувэурэ бзэр нэхъ дахэ ящIыфынущ.
Хэт тырку усыгъэм и лъабжьэр зыгъэувар?
Хъуажь Фахъри. Налшык, 2013 гъэ. — Бзэр гъэлэжьэнымкIэ щапхъэ хъуфынур псалъэр зи IэщIагъэрщ. Бзэ узыщыгъуазэхэм я литературэхэр зэбгъапщэкIэрэ анэдэлъхубзэм сыткIэ ухуэупсэнт?
— Сэ сыусакIуэкъым, ауэ усэ фIыуэ солъагъу. Си щIалэгъуэм гукIэ зэзгъащIэу, сыкъеджэу щытащ. Усэр зэрыдахэр къыбгурыIуэн щхьэкIэ, умыусакIуэнкIэ Iэмал имыIэу щыткъым. Дахэр зэрыдахэр къэпщIэн щхьэкIэ, умыдахэми мэхъу (мэдыхьэшх).
Усэм гъэпсыкIэ гуэрхэр иIэщ езым. Тыркум нэхъ щызекIуэр «усэ хужь» жыхуаIэращ: нэхъ щхьэхуиту, рифмэ гуэр хэмылъынкIэ Iэмал имыIэ хуэдэу къыщымыхъуу. И гум ихъыкIыр, и гупсысэр, и гузыхэщIэр, абы къриIуэтыкIыфынур сыт хуэдэми, апхуэдэбзэкIэ усакIуэр тхэну хуитщ. УсакIуэр апхуэдэу хуиту щымытмэ, мыпхуэдэ щапхъэм имыту хъунукъым жыпIэу пэбубыдмэ, абы щыгъуэ усакIуэ куэд къэхъунукъым, усэм зиужьынукъым. Усэм зиужьын щхьэкIэ, къэзытхам сыт хуэдэу къитхами, абы пщIэ хуэпщIын хуейщ. Зым фIэмыдэхэнкIи мэхъу, ауэ зыфIэдэхэн гуэри щыIэнущ. Дауэ усэр къызэрыпщIэнур дахэрэ Iейрэ? Уэ зы щапхъэ гуэр бгъэуварэ абы емыщхьмэ, мыр дахэкъым жыпIэнущ. Ауэ ар нэгъуэщIым фIэдахэщ.
Тыркум усэм и лъабжьэр щызыгъэувар адыгэ пхъурылъхущ. Абы и тхэкIэр усэ гъэпсыкIэ зыбжанэм лъапсэ яхуэхъуащ. Усэ гуэр итхырти, адрейхэм абы зыпащIыжырт. ИтIанэ абы зызэблихъурт, нэгъуэщI тхыкIэ гуэр къигъуэтырт, ар тхэкIэ хъунукъым хужаIэу щытауи, аргуэру адрейхэр абы иужь иувэрт. Абдулхьэкъ Хьэмит Тархьан — аращ абы и цIэр. Усэ хужьи яхэту, рифмэ гуэрхэри хэлъу, пычыгъуэ бжыгъэр зэтехуэуи зэтемыхуэуи — куэд итхащ абы. Ауэ Тархьан итхахэм я нэхъ гъэщIэгъуэн дыдэу, хуэдэ щымыIэу ябжыр тIущ. Зыр и щхьэгъусэр дунейм щехыжам хуиусаращ:
Къэтэдж, къыдэкIи бэным,
Къиувэ си пащхьэм,
Уи щIалэгъуэм узэрыщытауэ…
Фахъри и шыпхъу нэхъыщIэ Яшаррэ и къуэш нэхъыщIэ Муратрэ ябгъэдэсщ. Мис апхуэдэурэ йоджэ и щхьэгъусэм. И анэм папщIэ итха усэр напэкIуэцI хыщIрэ зырэ мэхъу. НапэкIуэцI хыщIрэ зымкIэ и анэр зыхуэдар къеIуатэ. Япэ Iыхьэм и анэр къыздикIа Кавказым топсэлъыхь, етIуанэрейм — ар зэрыщытам. Зэми Хэкум хуегъадэ, зэми анэ къызэрыкIуэу къегъэлъагъуэ.
Дэнэ щIыпIи щыIэщ усэм теухуауэ зэныкъуэкъухэр. Ар усэ хъунукъым жаIэу зрамыпэсу, ауэ итIанэ текIуэжу. Назым Хикмет, фэ фыщыгъуэзэн хуейщ, СССР-м щылIэжащ. Абы и тхэкIэм пычыгъуэ бжыгъэхэр щызэхуэдэтэкъым. Зы сатырыр зы псалъэ закъуэт, адрейр щы, ещанэр нэгъуэщI бжыгъэ хъункIи хъунт. Ауэ сытым хуэдэу дахэт! Сытым хуэдэу къызэрыгуэкIыу жиIэрэт тыркубзэкIэ. Ар хуамыдэу, ар усэ хъун жаIэу зрамыпэсу щытащ, ауэ иджы дуней псом абы и усыгъэм хэлъ сэнаушыр (талантыр) зымыдэ, зымыщIэ, абы щIыхь хуэзымыщI щыIэ къыщIэкIынкъым. Къебияуэ щытахэми къащтэжащ.
Адыгэбзэмэ, уи бзэкIэ абы зыгуэр къыбгуригъаIуэу щытмэ, сэрамэ мыпхуэдэу жысIэнтэкъым жыпIэ хъунущ, ауэ уэракъым зытхар икIи абы итхам щIыхь хуэпщIын хуейщ. ГурыIуэгъуэу щымытмэ, нэхъ гурыIуэгъуэ пщIын папщIэ зэпхъуэкIыжынщ. Пхэнжу тха гуэрхэр къыхэхуэмэ, ахэр зэбгъэзэхуэжынщ, дауи, абы щхьэкIэ зыри жысIэркъым, ауэ псалъэ иухуар зэригъэпсам ухэпсэлъыхь, ухэIэбэ хъунукъым, ар абы и псалъэ ухуэкIэщи. Абы и гум, и щхьэм къызэрихьар апхуэдэущ, абы щIыхь хуэщIын хуейщ, апхуэдэу убгъэдыхьэмэ, литературэми нэхъ зиужьынущ.
Фадэмрэ Ермоловымрэ
Я пхъуитIыр: Нэхунэрэ Нэжанрэ, и щхьэгъусэ Дурие, я малъхъэхэр: Ажьукъуэ Сулимэн (нэхъыжьщ), Мыщэ Тугърул (нэхъыщIэщ). Истамбыл, 2013 гъэ — Нобэ адыгагъэ зэрыпхэлъым гу лъебгъэтэныр, хэкулI-хэкупсэу узэрыщытыр къэбгъэлъэгъуэныр «фащэщIэу» къежьащ. Сыт хуэдэ бгъэдыхьэкIэр уигу нэхъ дыхьэрэ «адыгэ IуэхукIэ» дызэджэм епхауэ?
— ЩIэблэр зэрагъасэр щапхъэ гуэр ирагъэлъагъуурэщ. Хабзэр мырати- морати жыпIэ къудейкIэ зэфIэкIыркъым, абы хапIыкIауэ щытын хуейщ. Уэ бгъэзащIэурэ, ебгъэлъагъуурэ ебгъэсэнущ. Абы папщIэ, адэм, анэм, лIыщхьэм, тхьэмадэм, нэхъыжьым дилъагъуурэ, ахэр зэрызекIуэм хуэдэу зищIурэ щIэблэм зыхилъхьэн хуейщ. Псалъэм щхьэкIэ, дэ зыгуэр къыщIыхьэмэ дыкъотэдж, хабзэщи. Емысам ар сыт хуэдэу къехьэлъэкIрэ. Делагъэщ мыр, сыт укъыщIэтэджынур жаIэ, ауэ дэ дыкъэмытэджмэ, дыарэзыкъым, дытыншыркъым, ар ди лъым хэтщи.
ЕтIуанэрейуэ щIэблэр лIыщхьэм, тхьэмадэм, нэхъыжьым дэбгъэплъейуэ упIын хуейщ. А ебгъэлъагъунур хабзэм тету, и бзэр зэрихьэжу, «адыгэлI нэс», «адыгэ цIыхубз хъарзынэ» яхужыпIэу щапхъэ хэлъу зекIуэмэ, мис абы щыгъуэ щIэблэ узыншэ къэбгъэхъуфынущ. Ди нэхъыжьхэм, ди Iэтащхьэм, министрхэм деж къыщыщIэдзауэ, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэм, и унафэщIхэм, ди лъэпкъ хасэхэм я тхьэмадэхэм деж къэсыжу, зыгуэр пашэу ягъэувамэ, абы и япэ къалэныр щапхъэ хъунращ. «Сэ сыцIыху къызэрыгуэкIыжкъым, мыпхуэдэм сритхьэмадэщ, цIыхухэр къызоплъ», — жиIэн хуейщ абы игу- кIэ. ЩэныфIагъыр, пэжыгъэр къалэн зыщищIын хуейщ.
Сэ сигу къокIыж Арафат Ясир, Палестинэм и тхьэмадэу щытар. Абы бзэ зыбжанэ ищIэрт, ауэ зыми зэхихакъым ар хьэрыпыбзэкIэ фIэкIа псалъэу. Арат ар зыщIэзэур, зыщIэбэныр: хьэрыпыбзэр, езым и лъэпкъ хабзэр игъэиныну, зэфIигъэувэжыну. И фащэри зэблихъуакъым, дуней псом ялъагъуу щыгъыу зекIуащ.
Дэ ди фащэ хъарзынэр зэтпэсыжыркъым, зетхьэжыркъым. Зы мыхъуми, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэр адыгэ фащэ щыгъыу зэIущIэхэм кIуащэрэт.
Мейкъуапэ лIакъуэ мэзыр щаухуам деж. Уи анэдэлъхубзэм уасэ хуумыщIыжу щытмэ, уэри зыми дзыхь, щIыхь къыпхуищIынукъым. Зи щхьэ зымылъытэжыр зыми илъытэнукъым.
Дэ дыадыгэну дыхуеймэ, щхьэусыгъуэ дыщIэлъыхъуэн щыIэкъым. Термин диIэкъыми, адыгэбзэкIэ щIэныгъэ тхылъ ириптхыфынукъым жызыIэхэм сахуозэ сэ. Апхуэдэ гуэрым жесIэгъащ: «НтIэ, терминыр бэзэрым тетым къыпхуигъуэтыным уежьэу ара?» ЩIэныгъэ Iуэху зезыхьэм езым и щIэныгъэм елъытауэ термин къигъуэтыжын хуейщ. Нобэ къигъуэтар мыхъуамэ, пщэдей нэгъуэщI зыгуэр къигъуэтынщ. А мыхъуам нэгъуэщIым и гупсысэ къигъэушынщ. Къэплъыхъуэмэщ къыщыбгъуэтынкIи хъунур. Iейуэ гугъу мыгъуэщ, дытепсэлъыхь щхьэкIэ, зымащIэщ тхуэгъэзэщIэжу хабзэм хэлъыр. Iэнэм, фадэ щызэрахьэм и деж, ипэм хэмылъауэ хабзэ гуэрхэр къыхагъэхьащи, ахэри екIуу дохъумэ. Ари сыубыщэу аракъым, ауэ си жагъуэ мэхъу: «интеллектуал» жыхуаIэу, еджауэ, лъэпкъыр зыщыгугъыу, щIэныгъэм, литературэм елэжьын хуей цIыхухэр мэтIысри, сыхьэтихкIэ Iэнэм пэрысщ зыщытхъужу, зэжраIэжын псалъэ ямыгъуэтыжу. Фадэм я щхьэр игъэундэрэщхъуауэ, пщэдейрей Iуэхуми зэрыхуейуэ къемыкIуэлIэжыфыну. Щыпсалъэм деж хуагъэув регламент, ауэ ефэным пIалъэ хуагъэувыркъым. Ар хъуну зыгуэркъым.
Фахъри и адэ къуэш Кемал иIыгъыу. Улъэпкъыну, уи IэнатIэкIэ укIуэтэну, щIэныгъэ куу ухыхьэну ухуеймэ, Iэмал имыIэу абы нэхъ куэдрэ уелэжьу, Iэнэм зэман нэхъ мащIэ тебгъэкIуадэу щытын хуейщ. Ауэ дэ тщIэр аракъым. Iэнэм хуэдмыгъэув регламентыр лэжьыгъэм худогъэув. Абы егупсысын хуейуэ къызолъытэ. «Кавказ зауэм и лIыхъужь Ермолов» и цIэу шагъыр къызэрыдагъэкIам и хъыбарыр нэсу къызгурыIуакъым, ауэ фадэр езыр Ермоловым хуэдэщ. Ермоловым къыдищIам хуэдэщ абы къыдищIэри.
Дэ зыдмыгъэкъабзэмэ, Тхьэм дигъэкъэбзэнукъым
— «Тхьэм жыIэщIэ фыхуэмыхъумэ, нэгъуэщI лъэпкъхэр фи пIэ къидгъэувэнущ» псалъэухар дауэ къыбгурыIуэн зэрыхуейр?
— «Тхьэм жыIэщIэ фыхуэхъумэ, дунейкIи ахърэткIи фытыншынущ», жиIэу аращ абы къригъэкIыр. Ауэ нэгъуэщI зыгуэри итщ КъурIэным: «Лъэпкъым езым зимыгъэкъэбзэжмэ, Тхьэм ар игъэкъэбзэнукъым» жеIэри. Тхьэр хуеяуэ щытамэ, дунейм цIыхуу тет псори зы лъэпкъыу къигъэщIыфынут. Е адыгэу, е урысу, е нэмыцэу, е тыркуу, е хьэрыпу. Ауэ апхуэдэу къигъэщIакъым. Зы адэ-анэм къытригъэхъукIауэ щытми, итIанэ лъэпкъ щхьэхуэу игуэшыну игъэпсащ къэхъугъэр.
Сыт апхуэдэу щIищIар? Зэдэплъейхэурэ нэхъыфIыр къагъуэтын папщIэ. «ЗэрыщIэн» жаIэри зэрадзэкI а хьэрып псалъэр, ауэ зэрыщIэн къудейкъым ар. Я хабзэ-бзыпхъэкIэ, яфIхэмкIэ, къагъэхъуфхэмкIэ нэхъ куууэ зэрыщIэу, зым адрейм щапхъэ трихын папщIэ, лъэпкъхэр щхьэхуэ-щхьэхуэу игуэшащ. Псалъэм папщIэ, адыгэбзэкIэ къэбгъэхъуфыну литературэр нэгъуэщIыбзэкIэ къэбгъэщIыфынукъым. Дэтхэнэ зы лъэпкъми езым и бзэкIэ къигъэхъу литературэм зы дахагъэ гуэр хэмылъынкIэ Iэмал иIэкъым. Iейр зэдэбгуэш хъунукъым, фIыращ зэдэбгуэшын хуейр. Уэ адрейм фIыуэ хэплъагъуэр къыхэпхынущ, нэхъыфI, нэхъ гъэщIэгъуэн къэбгъэхъунущ, апхуэдэурэ гъащIэр кIуэтэнущ, зиужьынущ, цIыхур нэхъыфIу псэу хъунущ. Ахэращ апхуэдэу щIищIар. Щэн Iейуэ тхэлъхэр, лъахъэ тхуэхъухэр, дызымыгъэкIуатэхэр Iэмал имыIэу зыхэдгъэкъэбзыкIын хуейщ. Дэ зыхэдмыгъэкъэбзыкIауэ Тхьэр къеIэбыхыу ахэр игъэкъэбзэнукъым. Аращ абы къригъэкIыр.
Ди лъэпкъэгъухэр къэтшэжа зэрыхъунур
И къуэрылъху Елъкъан (Елъыхъухэ я пхъурылъхущ). — Тыркум щыIэ Iэуэлъауэхэм сыт я кууагъ, я гуащIагъ?
— Тыркум къыщыхъум ущIэгузэвэн хэлъкъым. Тыркур нэхъ демократиеу щытщ. ЦIыху псоми зыкъаIэтыфынущ, зыхуейр жаIэфынущ, ауэ мыбдеж тIэкIу ирагъэлеиIуащ. Уэрамхэм лъэс гъуэгум тет мывэхэр къыхатIыкIыурэ зыгуэрхэр якъутащ, машинэхэр ягъэсащ. Эрдогъан премьер-министр къулыкъур илъэсипщIым щIигъуауэ иIыгъщи, абы и пэ къихуэ илъэс пщIейм ямыщIэфа гъэщIэгъуэн дахэ гуэрхэр хузэфIэкIащ. ИлъэсипщIым и кIуэцIым нэрылъагъуу Тырку къэралыгъуэм зыкъригъэIэтащ, зригъэужьащ. Гъуэгухэр дахэ ищIащ, унэ гъэщIэгъуэнхэр иригъэухуащ. Абы и пэкIэ Тыркум тырку фIэкIа имысу, адыги нэгъуэщI лъэпкъи щыпсэууэ жамыIэу щытамэ, «Апхуэдэ делагъэ щыIэ?» — жиIащ Эрдогъан. Адыгэри курдри идащ, «я бзэкIи еджэн хуейщ» жиIащ. Къэралым и еджапIэхэм етхуанэ классым къыщыщIэдзауэ тхьэмахуэм сыхьэтиплIкIэ адыгэбзэр ирагъэджыну хуит ящIащ. Абы дэ дыкъигъэпсэужыну аракъым, ауэ здынэсар къэпщIэн щхьэкIэ жысIэу аращ. Сытми, апхуэдэ зыужьыныгъэ гуэрхэмкIэ цIыхубэм ягу дыхьащ. Зигу иримыхьа гуэрхэри щыIэщ, дауи. Псоми ягу урихьынкIэ Iэмал иIэкъым. ЩытедмыхуфынукIэ, нэгъуэщI мыхъуми, дгъэулъиину тхузэфIэкIыну пIэрэ, жаIэри, тIэкIу зыкъаIэта хуэдэу аращ. Пэжым ухуеймэ, премьер-министрми Iуэху дэгъуэ куэд ищIами, иджы тIэкIу диктатор хуэдэу, абы жиIэр псоми ягъэзэщIэн хуейуэ, щыуагъэ IэщIэмыщIэжын хуэдэу къыщыхъуу е цIыхухэм апхуэдэу къафIигъэщIу щIидзат. Къэралым тхьэмадэу тебгъэувэнур пIалъитI-щыкIэ фIэкIа хэпх хъунукъым. НэхъыбэкIэ хэпхыу щытмэ, диктатор гупсысэр и гум къохьэри, зэрыдиктаторыр къыгурымыIуэжу, зигъэину псэун щIедзэ. Демократием хуэкIуа щIыпIэм апхуэдэу щыпщIэмэ, зыгуэрхэр къыппэмыувынкIэ Iэмал иIэкъым. Къызэрыппэуври бдэн хуейщ. Зигъэпсэхун хуейуэ си гугъэщ тетым, абы и щыуагъэщ мыхэр къэзыхьар. ТкIиищэу цIыхубэм емыпсалъэмэ, мыпхуэдэу зыкъаIэтынутэкъым. Иджы президентыр нэхъ щабэу къэпсалъэри игъэбэяуащ, Iей гуэр къыпэкIуэнуи щыткъым.
— Хэкумрэ лъэпкъымрэ зэрыгъуэтыжын Iуэхум куэд егъэгумахэ. Сыт а Iуэхум Iущагъыу пхухэлъхьэнур?
— Ар Iуэхушхуэщ. Лъэпкъыр дыгъужьу щытмэ, Хэкур абы и фэщ. Фэ темылъмэ, дыгъужьыр дауэ зэрыпсэунур? Хэхэс адыгэм я псэукIэр нобэ фэ зытемылъыж дыгъужьым хуэдэщ, псэуфынукъым е зымащIэщ ихьынур. Ауэ Хэкумрэ лъэпкъымрэ зэрыгъуэтыжмэ, и фэр ешэкIыжауэ аращи, гъащIэ иIэнущ. Хэхэсыр махэщ. Мылъку ямыIэу аракъым. АбыкIэ нэхъ тыншу щыпсэункIи хъунщ. Лъэпкъ Iуэхуращ жыхуэсIэр. Лъэпкъыу къапщтэмэ, Iейуэ тIасхъэщ, Iейуэ махэщ, тхьэмыщкIэщ, яхузэфIэкI щыIэкъым. Мес, усакIуэ, тхакIуэ дапщэ къахэкIа жыпIэу щытмэ, къахэкIаIакъым. КъахэкIын дэнэ къэна, «дыадыгэщ» жаIэу хуадэртэкъым.
Хэхэс адыгэр хуэм-хуэмурэ Хэкум къызэритшэжыфын Iэмал диIэн хуейщ. Псалъэм щхьэкIэ, илъэс къэс унагъуищэ къызэрытшэжыну щIыкIэр убзыхуауэ щытын хуейщ. Къэпшэжхэми уадэмылажьэу хъунукъым — Хэкум игъэзэгъэжын хуейщ. Сэ сыкъэкIуэжащ адыгэбзэ фIэкI сымыщIэу, ауэ абы сропсэуф. Адыгэбзи урысыбзи зымыщIэр дауэ зэрыхъунур? Нэфым хуэдэу зыгуэрым къришэкIын хуейуэ аращ.
Зэзэмызэ къакIуэхэм ягу иримыхьын гуэрхэр ялъагъури, хэку, лъэпкъ гупсысэшхуэ яIэу щымытмэ, зыкъаIэту къэкIуэжыныр нэхъ гугъуж мэхъу. Псори лъэпкъыпсэу, хэкупсэу жыпIэ хъунукъым. Лъэпкъ гупсысэ зиIэхэр я закъуэуи къэкIуэжынущ, гугъуи зрагъэхьынущ, мыбы фIыуэ щалъэгъуахэр яIуэтэнущ, Iейр щIахъумэнущ. Ауэ цIыхубэр къапщтэу щытмэ, ахэр къэкIуэжыфынукъым, къэшэжын хуейщ армыхъумэ. Абыхэм къэралым защIимыгъакъуэмэ, къарууншэ хъунхэщ. ИтIанэ ахэри лъэпкъым фIэкIуэдыпэнущ.
ДифI дгъэпудыркъым, ди Iей дгъэпщкIуркъым
КъыдигъэкIа тхылъхэр. — «Адыгэ псалъэр» уигу ирихьу щымытамэ, лэжьакIуэу укъытхыхьэнтэкъым.
— 1971 гъэм къыщыщIэдзауэ дызэныбжьэгъущ ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ сэрэ. Абы щыгъуэми слъэгъуащ газетыр, «Адыгэ псалъэ» цIэр иджыри зэримыхьэуи сыкъеджащ («Ленин гъуэгу»). Мухьэмэд къызэрытеувэрэ газетым адыгэпсэ нэхъ къыхыхьауэ, и псалъэ гъэпсыкIэхэмкIи нэхъ дахэ хъуауэ къысщохъу. Ауэ, «Адыгэ псалъэм» и мызакъуэу, прессэр мыбдеж зэрыт щытыкIэр къапщтэмэ, жыпIэн бгъуэтынущ.
Илъэс щэ ныкъуэ и пэ газетым зыгуэр къытебдзэнумэ, абы псалъащхьэ хуэпщIынур гъэщIэгъуэну щытын хуейт, итыр къыбгурымыIуащэу. ЦIыхухэм «сыту пIэрэ мыр?» жебгъэIэн хуэдэу. Тыркуми, Кавказми, дэни щыапхуэдэт. Зэджэн яIэтэкъым цIыхухэми, зы упщIэ гуэр и щхьэм къибгъэтаджэу, гъэщIэгъуэн ящыпщIу тхыгъэм епшэлIэну арат. Иджы ар зэблахъуащ. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, цIыху куэд газетхэм еджэркъым. Интернетри къыхыхьащи, зэман трагъэкIуэдэну хуейкъым. «Адыгэ псалъэри», «Iуащхьэмахуэри», адрей прессэу хэкум щызекIуэхэри нэхъ хуит щIын хуейщ. ТхакIуэхэм я гупсысэр нэхъ къаIуэтэфу, ятхам редакторыр хэмыIэбащэу щытын хуейщ. ХэIэбэмэ, къэмытхэж хъунущ цIыхухэр. Ахъшэ иумытми, гупсысэ, щIэныгъэ гуэр зиIэр цIыхухэм егъэпсэлъэн, ядэгуэшэн хуейщ.
Хъуажь Фахърирэ МэшбащIэ Исхьэкърэ.
«Адыгэ псалъэр» Iэмал имыIэу диIэн, дгъэпсэун хуейщ. Бзэми, литературэми, хабзэми, тхыдэми, динми теухуа тхыгъэхэр къыщагъуэтынущ мы газетым. КъыдэзыгъэкIам, зытхам емылъытауэ, къыдэкIам, тхам еплъын хуейуэщ сэ къызэрыслъытэр. Ятхыр мыхъурэ, уигу иримыхьрэ — хуэтхыж: «Мыр мыпхуэдэу хъун хуеякъым» жыIи. Абыи зыгуэр къигъэушынщ. ФIы дыхуеймэ, «Адыгэ псалъэр» дыдейуэ зэрыщытыр тщыгъупщэ хъунукъым, дыдэIэпыкъуни дыкъеджэни хуейщ.
Епсэлъар
Чэрим Марианнэщ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31186.txt"
} |
Си еджапIэ — си къежьапIэ
ШыщхьэIу зэIущIхэр
МардэщIэхэм хуокIуэ
Налшык дэт Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм иджыблагъэ щекIуэкIащ къалащхьэм и егъэджакIуэхэм я зэIущIэ ин. ЦIыху 430-м щIигъу къызрихьэлIа зэхуэсым шэщIауэ щытепсэлъыхьащ къалащхьэм и еджапIэ, гъэсапIэ IэнатIэхэм я Iуэху зыIутым, къыщапщытэжащ блэкIа илъэсым абыхэм зыIэрагъэхьа ехъулIэныгъэхэмрэ зыхунэмысахэмрэ. Апхуэдэу щаубзыхуащ 2013 — 2014 гъэ еджэгъуэщIэм абыхэм къапэщылъ къалэнхэмрэ ахэр зэфIэха зэрыхъунумрэ.
ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Семэн Пщыкъан, къалэ администрацэм и унафэщIхэр, абы и школхэм, сабий садхэм я пашэхэр, егъэджакIуэхэр, дин зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, нэгъуэщIхэри.
ЗэIущIэр къызэIуихащ икIи иригъэкIуэкIащ Налшык къалэ администрацэм егъэджэныгъэмкIэ и IэнатIэм и унафэщI Мэлбахъуэ Тимур. Зэхуэсым и екIуэкIыкIэм псори щигъэгъуэза, апхуэдэуи къекIуэлIа псоми гъэ еджэгъуэщIэмкIэ ехъуэхъуа нэужь, Мэлбахъуэм къызэхуэсахэм я пащхьэ доклад купщIафIэ щищIащ. Ар теухуат илъэс кIуам егъэджэныгъэ IэнатIэм щызэфIаха лэжьыгъэхэр къэпщытэжыным, къапэщылъ къалэныщIэхэр убзыхуным. Апхуэдэуи ар тепсэлъыхьащ иужьрей зэманым егъэджэныгъэм къыхалъхьа Iуэху зехьэкIэщIэр къалэм и еджапIэхэм, гъэсапIэхэм нэсу щызэфIэгъэува хъун папщIэ къапэщылъ Iуэхухэм.
Мэлбахъуэ Тимур и докладыр къызэпкърахыу, абы пащэу зэIущIэм къыщыпсэлъащ къалэ егъэджакIуэхэр, гъэсакIуэхэр, IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэр. Абыхэм я псалъэмакъым къыхэщащ математикэр школхэм щегъэджыным адэкIи гулъытэ хэха зэрыхуэщIыпхъэр, апхуэдэуи сабийхэм я узыншагъэр езыгъэфIакIуэ технологиехэми иджыри зэрызегъэужьыпхъэр.
Министр Семэн Пщыкъан псалъэ щратым, ар ЩIэныгъэм и махуэмкIэ ехъуэхъуащ къалащхьэм и егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм и IэщIагъэлIхэм икIи къыхигъэщащ абыхэм я Iуэху зехьэкIэ мардэхэр нэгъуэщI куэдым щапхъэ зэрахуэхъур.
— ЗэфIэтх Iуэхухэр нэхъыбэу зыхуэунэтIар щIэблэм щIэныгъэ куу етынырщ, егъэджакIуэм, школым я пщIэр жылагъуэм къыщыIэтынырщ, — жиIащ министрым. — Егъэджэныгъэм и фIагъыр къэтIэтын папщIэ, наIуэу дубзыхун хуейщ къытпэщылъ къалэнхэмрэ Iэмалыншэу зэфIэхыпхъэ лэжьыгъэхэмрэ.
Илъэс зэхуэсым и кIэухыу зи лэжьыгъэкIэ къыхэжаныкIа егъэджакIуэхэр ягъэлъэпIащ. Абыхэм иратащ щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр, фэеплъ саугъэтхэр. ЗэIущIэр я уэрэдхэмрэ къафэхэмкIэ ягъэдэхащ школакIуэ цIыкIухэм.
КЪАРДЭН Марэ.
Япэ уэзджынэр къыщеуэкIэ
Ди къэралым и дэтхэнэ щIыпIэми хуэдэу, республикэм и школхэм, гъэсапIэхэм щагъэлъапIэ щIэныгъэм и махуэр. ФокIадэм и 1-р мы гъэм тхьэмахуэ махуэу зэрытехуэм къыхэкIыу, гуфIэгъуэ зэхыхьэхэр блыщхьэм, фокIадэм и 2-м, дэнэкIи щекIуэкIы-нущ.
Зи гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэр иуха сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ екIуэлIэжынущ зыхуей хуэза, зэпэщ хъужа я еджапIэхэм, сабий садхэм. 2013 — 2014 гъэ еджэгъуэщIэм зэрыщIидзэм и нэщэнэ япэ уэзджынэр къыщеуэнущ ди щIыналъэм и егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэхэм. НыбжьыщIэхэм, абыхэм я ущиякIуэхэм — гъэсакIуэхэм, егъэджакIуэхэм — я махуэшхуэм хэтынущ республикэ, щIыналъэ къэрал IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэр, къалэ, къуажэ администрацэхэм я унафэщIхэр, жылэхэм я нэхъыжьыфIхэр, адэ-анэхэр.
Иужьрей илъэсхэм къэралым гулъытэ ин хуещI егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм зегъэужьыным. Зы гъи къанэркъым абы хухах ахъшэр нэхъыбэ мыхъуу. Апхуэдэу ахъшэ мымащIэ хухах «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектым къыщыгъэлъэгъуахэр къызэгъэпэщыным. А мылъкур хуаутIыпщ школыщIэхэр ухуэным, лажьэхэр зэгъэпэщыжыным, егъэджакIуэхэм я улахуэм хэгъэхъуэным, егъэджэныгъэм технологие, методикэ пэрытхэр хэгъэхьэным, зэрырагъаджэ программэщIэхэр, тхылъыщIэхэр къэщтэным, егъэджакIуэхэм я щIэныгъэм хэгъэхъуэным, лэжьыгъэм къыхэжаныкIхэр гъэпэжэным, бынунагъуэшхуэхэм щапI сабийхэм, зи узыншагъэм сэкъат иIэхэм гулъытэ хэха яхуэщIыным, нэгъуэщIхэми. КъинэмыщIауэ, школ щIэтIысхьэжыгъуэм ирихьэлIэу щIыпIэ куэдым щекIуэкIащ щэбэт щIыхьэхухэр. Абыхэм къыщалэжьа мылъкур бынунагъуэшхуэхэм щыщ сабийхэм, щытыкIэ гугъум ихуа унагъуэхэм исхэм хуаутIыпщащ.
ЩIэныгъэ зэгъэгъуэтыным епха япэ лъэбакъуэхэр ди щIэблэм щачыр сабий садырщ. Апхуэдэ IуэхущIапIэхэм щофIакIуэ гъэсэныгъэм, егъэджэныгъэм ехьэлIа лэжьыгъэхэр. Абыхэм пэщIэдзэ щIэныгъэ щызыгъуэта цIыкIухэм еджэным щыпащэ курыт школхэм, лицейхэм, гимназие зэхуэмыдэхэм. Абыхэм яхэтщ предмет хэхахэр нэхъ куууэ щаджхэри, IэщIагъэ зэмылIэужьыгъуэхэм хэзыгъэгъуазэ курс щхьэхуэ къыщызэгъэпэщахэри, унэтIыныгъэ хэха зиIэхэри. Курыт щIэныгъэфI зыгъуэта ныбжьыщIэхэм IэщIагъэ щызрагъэгъуэт колледжхэм, техникумхэм, институтхэм, нэгъуэщI еджапIэхэми.
ЖыпIэнурамэ, егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ къэрал IэнатIэхэм я унафэщIхэм зыхуагъэувыж къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ ныбжьыщIэхэм щIэныгъэ куу зрагъэгъуэтыну Iэмал етыныр, ахэр щыпсэу щIыпIэмрэ къызыхэкIа социальнэ гупымрэ емылъытауэ. Аращ зыхуэунэтIар а Iуэхугъуэхэм епха лэжьыгъэ псори. Абыхэм шэщIауэ, и щхьэ течауэ щытепсэлъыхьащ УФ-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Ливанов Дмитрий къызрихьэлIа республикэпсо шыщхьэуIу зэIущIэшхуэм. Зэхуэсым къыщагъэнэIуащ гъэ еджэгъуэ блэкIам зыхунэмыса Iуэхугъуэхэри, 2013 — 2014 лъэхъэнэщIэм къапэщылъ къалэнхэри щаубзыхуащ.
Еджэным, щIэныгъэрэ IэщIагъэрэ зэгъэгъуэтыным и дэкIуеипIэ зэхуэмыдэхэм тет сабий минхэм, ныбжьыщIэхэм, абыхэм я гъэсакIуэхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ къахуеуэну япэ уэзджынэр угъурлы яхуэхъуну дохъуэхъу. Егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм пыщIа дэтхэнэми гъэ еджэгъуэщIэр узыншэу ирахьэкIыну, я мурадхэр къехъулIэу, лъагапIэщIэхэм нэсу илъэсыр купщIафIэу кърахьэлIэну ди гуапэщ!
ЖЫЛАСЭ Маритэ,
«Адыгэ псалъэ» газетым
егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и къудамэм и унафэщI.
Щапхъэ
Щыпкъагъэр зи фащэ
ЕгъэджакIуэу ущытыныр зэрыгугъур дэтхэнэ зы цIыхуми ищIэу къыщIэкIынщ, ауэ щыIэщ а IэщIагъэм гурэ псэкIэ бгъэдэтхэр, сабийхэм яхэмытмэ, нэхъ гугъу ехьу къызыщыхъухэр. Абыхэм ящыщщ Кыщпэк къуажэм дэт школым щылажьэ, пэщIэдзэ классхэм я егъэджакIуэ Балъкъэр Хьэлимэт ХьэпIатIэ и пхъур.
Дзэлыкъуэ куейм хыхьэ Малкэ къуажэм 1953 гъэм къыщалъхуащ Хьэлимэт. ЕгъэджакIуэ IэщIагъэм зэрысабийрэ гу хуищIат абыи, и хъуэпсапIэр зригъэхъулIащ. Курыт школыр къиуха нэужь, КъБКъУ-м и педколледжым щIэтIысхьащ. ЕхъулIэныгъэхэр иIэу еджэныр зэфIигъэкIри, Кыщпэч къуажэм егъэджакIуэу щылэжьэну 1973 гъэм къагъэкIуащ. Абы лъандэрэ илъэс плIыщI мэхъури, Хьэлимэт и IэнатIэм пэрытщ хьэлэлу, пэжу, темызашэу. Ар зымыцIыху Кыщпэк къуажэм дэскъым жыпIэмэ, ущыуэнукъым. ЕгъэджакIуэ нэхъыфI дыдэхэм хабжэ Хьэлимэт. Апхуэдэу ар гущIэгъу зыхэлъщ, цIыхугъэ и лъэныкъуэкIэ къимыкIуэтщ, дэтхэнэ сабийми зэрепсэлъэн бзэ къыхуэзыгъуэтыфщ икIи хьэл-щэн дахэ зыхэлъ цIыху зэпIэзэрытщ. IэнатIэм пэрыхьагъащIэхэм ар ядогуашэ и Iуэху зехьэкIэ пэрытымкIэ.
Зыщылажьэ школым, Бахъсэн щIыналъэм щекIуэкI зэпеуэхэм жыджэру хэтщ Балъкъэрым и еджакIуэ цIыкIухэр. Абыхэм увыпIэфIхэр къахь, я ущиякIуэм и лъэр нэхъри жан ящIу. Апхуэдэу Хьэлимэт и классым щIэс цIыкIухэр йохьэ республикэпсо олимпиадэхэми я утыку икIи щIэныгъэфI, зэфIэкI лъагэхэр къа-гъэлъагъуэ. Хьэлимэт емышыжу ирегъэкIуэкI классщIыб лэжьыгъэ хьэлэмэтхэри. Абыхэм хэт сабийхэм я зэфIэкIыр, дэзыхьэх Iуэхугъуэхэр наIуэ къохъури, егъэджакIуэм ахэр лэжьыгъэм къыщелъытэ.
И лэжьыгъэфIыр къалъытэри, Хьэлимэт мызэ-мытIэу къыхуагъэфэщащ щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр. Я бынхэм апхуэдизу къелIалIэ егъэджакIуэм къыхуэарэзыщ школакIуэ цIыкIухэм я адэ-анэхэри.
— Сабийм и къэкIуэнур куэдкIэ зэлъытар и япэ егъэджакIуэрщ. Абы ипкъ иткIэ, сабийхэм щIэныгъэм и мызакъуэу, хабзэ, нэмыс яхэлъу къэгъэтэджыным гулъытэшхуэ хуэщIыпхъэщ, — жеIэ Хьэлимэт. — ЕгъэджакIуэхэр дыхущIокъу ди лэжьыгъэр сыт и лъэныкъуэкIи едгъэфIэкIуэну. Ар, дауи, куэдкIэ елъытащ еджапIэм къуит Iэмалхэми. Ди школым щыIэщ икIи лэжьыгъэм шэщIауэ къыщыдогъэсэбэп иджырей техникэ пэрытхэр. Ар и фIыщIэщ лэжьыгъэм и къызэгъэпэщакIуэ IэкIуэлъакIуэ нэс, ди школым и унафэщI Балъкъэр Дадусэ. Сыт хуэдэ Iуэху пэрытри къыддэзыIыгъщ ди пашэр. Ар дапщэщи хущIокъу егъэджакIуэхэм ди Iуэхур ипэкIэ игъэкIуэтэну.
Щыпкъагъэр зи дуней тетыкIэ бзылъхугъэм щIэныгъэм къыдэкIуэу и гъэсэнхэм яхилъхьэфащ дуней тетыкIэ екIум и мардэхэр. Абыхэм къахэкIащ дохутыр Iэзи, инженер IэкIуэлъакIуи, егъэджакIуэ нэси. Псом нэхърэ нэхъыщхьэращи, ахэр гъащIэм лъэ быдэкIэ хэувэфащ.
Унагъуэ дахи иIэщ Хьэлимэт. Абырэ и щхьэгъусэ МуIэедрэ бынищ зэдагъуэтащ: Къэземыр, Къазбэч, Эдуард. Абыхэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ ирагъэгъуэтащ адэ-анэм, унагъуэуи ягъэтIысыжащ.
Зи щIэныгъэри зи зэфIэкIри щIэблэм щIэныгъэрэ гъэсэныгъэрэ етыным тезыухуа Хьэлимэт дохъуэхъу иджыри илъэс куэдкIэ узыншэу лэжьэну.
БЖЭНЫКIЭ Регинэ.
Егъэджэныгъэм и къалэныр
Лъэпкъым и къарур къызэралъытэр и цIыху бжыгъэкIэкъым, атIэ и цIыхухэм гъэсэныгъэрэ щIэныгъэу ябгъэдэлъымкIэщ.
ГЮГО Виктор.
ЩIэныгъэ зыбгъэдэлъ цIыхур щIэнгъуазэ пэлъытэщ.
ГЁТЕ Иоганн.
ЩIэныгъэ куумрэ цIыху зэчиймрэ дэтхэнэ къэралри къарууфIэ зыщI, абы ехъулIэныгъэ къыхуэзыхь хэкIыпIэхэщ.
БРЕЖНЕВ Леонид.
ЩIэныгъэм хуэдэу цIыхур зыгъэлъапIэрэ абы хуитыныгъэ къезытрэ нэгъуэщI зыри щыIэкъым.
ПИСАРЕВ Дмитрий.
ЩIэныгъэм гъунэ иIэкъым: сыт хуэдиз ехъулIэныгъэ цIыхубэм абы щызыIэрамыгъэхьэми, къэкIуэну щIэблэхэм Iэмал яIэнущ абы и гъунапкъэщIэхэр къызэIуахыну.
ГОНЧАРОВ Иван.
ЦIыхур сыт щыгъуи щIэныгъэщIэхэм хуэпабгъэу щытын хуейщ. А хьэл-щэныр IэщIыб зыщIыр цIыху нэсуи къалъытэжыркъым.
НАНСЕН Фритьоф.
Иджырей жылагъуэм и дежкIэ гъэсэныгъэм апхуэдизу мыхьэнэшхуэ иIэщи, уеблэмэ абы елъытащ къэралым и къэкIуэнур зыхуэдэну дыдэр.
РЕНАН Эрнест.
ДифI догъэлъапIэ
Арып Валентинэ и ехъулIэныгъэхэр
ЕгъэджакIуэфIу ущытыныр зэрымытыншыр дэтхэнэ зыми къыгуроIуэ. Лэскэн районым хыхьэ Лэскэн ЕтIуанэ къуажэм дэт курыт школым и егъэджакIуэ, ущиякIуэ Мэремыкъуэ (Арып) Валентинэ ящыщщ зи къалэнхэр къызыхуэтыншэу зэфIэхыным гулъытэшхуэ хуэзыщI, жэуаплыныгъэ лъагэ иIэу бгъэдыхьэ цIыхухэм.
Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ къудамэр 1987 гъэм къиухащ Валентинэ. А илъэсхэм къыщыщIэдзауэ нобэр къыздэсым ар иролажьэ фIыуэ илъагъу и IэщIагъэм. Дауи, апхуэдиз илъэс лъандэрэ еджакIуэхэм яхэтым и бзэр дахэщ, узыIэпызышэщ, нэхъыщхьэращи, сабийхэр фIыуэ елъагъу, иригъэдж предметымкIи щIэныгъэ куу бгъэдэлъщ. А хьэл-щэнхэр я лъабжьэщ и лэжьэгъухэмрэ и гъэсэнхэмрэ Валентинэ къыхуащI пщIэ лъагэм, къызэрыхуэарэзым.
Ди анэдэлъхубзэм и къабзагъыр, абы и IэфIагъыр сабиипсэм зыхрегъащIэ Валентинэ. Ар хущIокъу и дерсхэр купщIафIэу икIи хьэлэмэту, щIэщыгъуэу икIи гукъинэу иухуэным икIи и лэжьыгъэм къыщегъэсэбэп егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ методикэм къыхыхьэ IэмалыщIэхэр. Куэдым жаIэ ар егъэджакIуэ IэщIагъэм къыхуалъхуауэ. Зэчий зыбгъэдэлъ, лъэпкъым гукIи псэкIи хуэлажьэ егъэджакIуэ щыпкъэм и Iуэху зехьэкIэ дахэм фIы къримыкIуэуи къанэркъым. ЩIэх-щIэхыурэ зыхэт зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэм Валентинэ и гъэсэнхэм увыпIэфIхэр къыщахь хабзэщ, щытхъу, фIыщIэ тхылъхэри къыхуагъэфащэ.
Арыпымрэ абы и лэжьэгъу егъэджакIуэхэмрэ я фIыщIэщ къуажэм дэт курыт школым тхыдэ плIанэпэ къызэрыщызэрагъэпэщар. Иджыри музей дыдэ мыхъуами, «Адыгэ пэшкIэ» зэджэм щызэхуэхьэсащ ди лъэпкъым и тхыдэр уи нэгу къыщIэзыгъэувэж хьэпшып гъэщIэгъуэн куэд. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, кхъуэщын хьэкъущыкъухэр, тхыпхъэ гъэщIэгъуэнхэр зыхэт тепщэчышхуэхэр, щыгъыныгъуэ хьэлэмэтхэр, адыгэ фащэм щыщ хьэпшыпхэр, сэшхуэхэр, нэгъуэщIхэри. ЕгъэджакIуэхэм я жэрдэмкIэ ахэр школым кърахьэлIащ ныбжьыщIэхэм.
Адыгэбзэм и хабзэхэм, литературэм и тхыгъэ дахэхэм щIэблэр щыгъуазэ ищIурэ, цIыкIухэр хэкупсэу егъасэ. И лэжьыгъэм апхуэдэу хьэлэлу пэрыт Валентинэ гъэ еджэгъуэщIэм ехъулIэныгъэщIэхэр иIэну, узыншэу ар ирихьэкIыну ди гуапэщ.
МЭРЕМЫКЪУЭ Динарэ.
Лэскэн куей.
Iуэху зехьэкIэ пэрыт
ЛъагапIэщIэхэр я плъапIэу
Аруан щIыналъэм хыхьэ Псыкуэд къуажэм дэт курыт школым и лэжьакIуэхэр унагъуэ зэгурыIуэм хуэдэу зэдолажьэ. БлэкIа илъэсыр ехъулIэныгъэкIэ къезыхьэлIа гупым 2013 — 2014 гъэ еджэгъуэщIэм мурадыщIэхэр хуаIэщ, текIуэныгъэщIэхэми зыхуащI.
«Лъабжьэр быдэмэ, щхьэкIэр лъэщщ», — жиIащ адыгэ псалъэжьым. Ар нэсу епхьэлIэ хъунущ егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэм и Iыхьэхэм. Ар зэрызэхэлъхэм ящыщу нэхъыщхьэу къалъытэ абы и пэщIэдзэ Iыхьэр. Сабийр школым щыкIуа япэ илъэсхэм абы еукъуэдий щIэныгъэм адэкIэ зэрыхуэкIуэну гъуэгур, егъэтIылъ еджэныгъэм, гъащIэм, дунейм и зэхэлъыкIэм теухуа и гупсысэхэм я лъабжьэр. Ахэр сабийм къызэрищтэм зыкъомкIэ елъытащ абы адэкIэ иIэну ехъулIэныгъэхэм, здынэсыфыну лъагапIэхэм ящыщ куэд. Мыхьэнэшхуэ зиIэ а гупсысэм фIыуэ щыгъуазэщ Псыкуэдым и щIэблэм пэщIэдзэ щIэныгъэ езыт егъэджакIуэхэр. Джаурджий Людмилэ, Шэрэдж Жаннэ, УнэкIафIэ Ларисэ, Къалмыкъ Елизаветэ, УанащIэ Лорэ, Тащ Залинэ, Дамэлей ФатIимэ сымэ егугъуу пэрытщ я IэнатIэм.
— БлэкIа илъэсым егъэджэныгъэр къызэрызэдгъэпэщар къэрал стандартыщIэм и мардэхэм тетущ. Абы къызэригъэувымкIэ, егъэджэныгъэм и мурад нэхъыщхьэ дыдэр цIыхум, абы и дуней еплъыкIэм зегъэужьынырщ, и гупсысэм зегъэузэщIынырщ, — жеIэ пэщIэдзэ классхэр езыгъаджэхэм я методикэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Тащ Залинэ. — ЖыпIэнурамэ, ехъулIэныгъэфIхэр къытхуихьащ апхуэдэ лэжьэкIэщIэм. Ди сабийхэр жыджэру хэтащ зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэхэм, увыпIэфIхэри къыщахьащ.
Школыр зэрыгушхуэ апхуэдэ текIуэныгъэхэм ящыщщ пэщIэдзэ классхэм я еджакIуэхэу Щоджэнхэ Дисанэрэ Борисрэ, УанащIэ Алим, Азэмэт Ратмир, Камалов Мурат сымэ щIыналъэпсо олимпиадэхэм текIуэныгъэ къызэрыщахьар. ЕджакIуэ Ширинов Ширин уеблэмэ урысейпсо зэпеуэм и лауреат хъуащ.
ЕгъэджакIуэ Iэзэхэм сабийхэм пэщIэдзэ щIэныгъэ ират къудейкъым — абыхэм школакIуэхэм гъэсэныгъэ екIу халъхьэ, я къэухьым зрагъэужь, пэжыгъэм, дахагъэм хуаущий. Абыхэм я дерсхэм щызэхэухуэнащ егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэр зэрызэпкърылъ унэтIыныгъэ псори. Зи IэщIагъэм хуэIэижь егъэджакIуэ нэхъыжьхэм я Iуэху зехьэкIэр щапхъэ яхуохъу а IэнатIэм пэрыхьагъащIэхэми.
Школым зыIэригъэхьэ ехъулIэныгъэхэр, шэч хэмылъу, епхащ абы и унафэщI Чым Мадинэ Нэхьмэн и пхъум. Егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм и щэху куэдым фIыуэ щыгъуазэ унафэщI IэкIуэлъакIуэр и зэфIэкIхэмкIэ ядогуашэ и лэжьэгъухэм. Апхуэдэу Чымыр жыджэру ядолажьэ адэ-анэхэми, ахэр гъэсэныгъэ лэжьыгъэм къыхишэу. Апхуэдэ лэжьыгъэфIым унафэщIым къыхуехь жылэм я арэзыныгъэрэ пщIэрэ. Ар я щапхъэу школым и егъэджакIуэ псори хущIокъу я къалэнхэр екIуу зэрызэфIахыным, иджырей егъэджэныгъэм и пщалъэхэм изагъэу лэжьыгъэхэр гъэзэщIа зэрыхъуным.
КъалэныщIэхэр зыхуэзыгъэувыж, мурадыфIхэр зэзыгъэхъулIэ гупым дохъуэхъу гъэ еджэгъуэщIэр угъурлы яхуэхъуну, лъагапIэщIэхэм нэсыну.
ТАМБИЙ Линэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31204.txt"
} |
ГуащIэдэкI хьэлэлым цIыхур егъэлъапIэ
Зеикъуэм и дыщэ вагъуэхэр
ОрдениплI зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Къэралыгъуэ зэригъуэтрэ блэкIа илъэсхэр IуэхугъуэшхуэхэмкIэ гъэнщIауэ щытащ. Тхыдэр щыхьэт зэрытехъуэщи, Совет властыр зэрыуву, ди щIыналъэр зыужьыныгъэм и гъуэгум техьащ. ПсэукIэщIэм хуэжыджэрти, жэщ-махуэ ямыIэу цIыхубэр абы телажьэрт. Индустриализацэм республикэм и теплъэм къыпхуэмыцIыхужыну зригъэхъуэжат. Япэ илъэситхум и закъуэ предприятэщIэу 44-рэ ирагъэжьат, автоном областым и къэрал промышленностым псори зэхэту продукцэу къыщIигъэкIым и процент 85,5-р абыхэм хуэзэрт.
Бырс Анзор Щоджэн ТIэлашэ Къэбэрдей-Балъкъэрым мэкъумэш IэнатIэми ехъулIэныгъэфIхэр щиIэт. 1933 гъэм и мазаем колхозхэтхэм я япэ союзпсо зэIущIэ екIуэкIати, автоном областым и цIэр къэралым щыпашэхэм яхэту къыщраIуат. Ди щIыналъэр лэжьэкIэ пэрытым и еджапIэ хъуати, нэгъуэщI щIыпIэ куэдым я лIыкIуэхэм я щIэныгъэм ди деж щыхагъахъуэрт. 1934 гъэм япэ дыдэу Лениным и орденыр зратахэм Къэбэрдей-Балъкъэрыр ящыщщ. Ар къыхуагъэфэщат колхозхэр къызэгъэпэщыным, гъэбэгъуэным щиIэ ехъулIэныгъэ инхэм папщIэ. Абы щыгъуэ областым и гъавэгъэкIрэ Iэщыхъуэу мин 17,7-м щIигъур лэжьыгъэм щыпашэти, зэхьэзэхуэр зэщIэплъэ зэпытт. 1935 гъэм щэкIуэгъуэм и 4-м Кавказ Ищхъэрэ крайисполкомымрэ ВКП(б)-м и Кавказ Ищхъэрэ крайкомымрэ унафэ къащтауэ щытащ колхоз нэхъыфIхэр ягъэгушхуэну, пашэхэм я зэфIэкIыр ягъэлъэгъуэну. Абы щыгъуэм Кировым и цIэр зезыхьэ (Зеикъуэ къуажэ), Андреевым и цIэр зезыхьэ (Кэнжэ), Къалмыкъым и цIэр зезыхьэ (Шэджэм Ищхъэрэ), «Псыгуэнсу», «Ленинцы» (Ново-Ивановскэ) колхозхэр крайм и ЩIыхь пхъэбгъум иратхауэ щытащ. А илъэс дыдэм и дыгъэгъазэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и колхозхэт 27-м къэрал дамыгъэ лъапIэхэр къыхуагъэфэщащ.
Къалмыкъ Хьэжмурат Бгъэжьнокъуэ Хьэчим 1949 гъэр Зеикъуэ къуажэм хуэугъурлыт. ЯпэкIи иужькIи къэхъуауэ къыщIэкIынкъым зы жылэм щыщ икIи зы IэнатIэм пэрыт цIыхуищым зэуэ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь цIэ лъапIэр къыщыфIаща. Ахэр Бырс Анзор, Щоджэн ТIэлашэ, Къалмыкъ Хьэжмурат сымэщ.
Къущхьэхъу жыжьэм зэман кIыхькIэ щаIыгъыну шы табынхэр зэрежьэнум зэрыхуэхьэзырыр къэзыпщытэ республикэ комиссэм Кировым и цIэр зезыхьэ колхозыр дапщэщи щапхъэу игъэлъагъуэрт. Абы дэплъеину адрейхэр къыхуриджэрт.
1949 гъэм мэкъуауэгъуэм и 27-м СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и УказкIэ колхозым и тхьэмадэ Бырс Анзор, шы фермэм и унафэщI Щоджэн ТIэлашэ, шыхъуэ нэхъыжь Къалмыкъ Хьэжмурат сымэ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь цIэ лъапIэр къыфIащащ. А зэманым хуэзэу хозяйствэм и шы гуартэм хуэдищкIэ хэхъуат. Зеикъуэдэсхэм я къуажэгъуищым еплIанэу 1969 гъэм Бгъэжьнокъуэ Хьэчим, ЩоджэнцIыкIум и цIэр зезыхьэ колхозым и тхьэмадэм, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь цIэ лъапIэр къыфIащащ.
Апхуэдиз лэжьыгъэшхуэ зыгъэхъея, зи зэфIэкIыр къэралпсо утыкум къыщалъыта а цIыху щыпкъэхэм я цIэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхыдэ къулейм дыщэпскIэ хатхащ икIи абыхэм я IуэхущIафэу щытар щIэблэм гъуазэу яIэнущ.
КIЭФО Хьэрун.
Дэбагъуэ
Тэрчокъуэ Къамболэт Арщыдандэсхэм фIыуэ ящIэж я жылэм и колхозым къыхуагъэфэща Ленин орденыр къыщратыжа махуэр. Ар 1967 гъэм бадзэуэгъуэм и 13-рт. Абы иращIэкIыну гуфIэгъуэ зэхыхьэшхуэм хэтын папщIэ, мэз лъапэм щыIэ «ШкIэщыщхьэкъуэ» щIыпIэ дахэм деж республикэм и жылагъуэ псоми я лIыкIуэхэр жьыуэ щызэхыхьэрт. КъэпсэлъапIэу, зыкъэгъэлъэгъуапIэу къагъэсэбэпын щхьэкIэ екIуу зэхагъэува автомашинэхэр гъэщIэрэщIат, колхозым и ехъулIэныгъэхэр хьэрфышхуэкIэ зытетха транспарантхэр жьым дэбыбырт. ГуфIэгъуэм ирихьэлIат партым и обкомым и япэ секретарь Мэлбахъуэ Тимборэ, КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и Тхьэмадэ Геттуев Магомет, Министрхэм я Советым и УнафэщI Ахъуэхъу Аслъэнбий, Осетие Ищхъэрэ АССР-м щыщ хьэщIэхэр, республикэм и гъавэгъэкI, Iэщыхъуэ пашэхэр.
Геттуев Магомет СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и Унафэм къеджэу Ленин орденыр хозяйствэм и бэракъым хилъхьа нэужь, колхозым и япэ тхьэмадэу щыта, илъэс 80 хъу ТекIужь Цу арщыдандэсхэмрэ хьэщIэхэмрэ мыпхуэдэу захуигъэзауэ щытащ:
— Нобэрей махуэр иджыри къэс къэспсэуам я нэхъ лъапIэ дыдэщ. Си гуащIэ куэд зыхэслъхьа колхозым ди къэралым и дамыгъэ нэхъыщхьэр къыхуагъэфэщащ. Ар къэзылэжьа ди къуажэгъухэм фIыщIэ ин яхудощI. А дамыгъэм дыхуэфащэу зэпымыууэ ипэкIэ дывгъакIуэ!
Тэрчокъуэ Къамболэт зи пашэ арщыдандэсхэр а нэхъыжьыфIым и псалъэм текIакъым, жылэри республикэри ягъэгуфIэу я ехъулIэныгъэхэм хагъэхъуащ. Абы и щыхьэтщ союзпсо, урысейпсо семинар-зэIущIэхэр ди къуажэм щрагъэкIуэкIыу зэрыщытар. Къэбэрдей-Балъкъэрым къакIуэ хьэщIэ лъапIэхэр арщыдандэсхэм яхуеблагъэрт, я зэфIэкIымрэ я лэжьыгъэмрэ иригушхуэу зэIэпахырт.
— ЩIыр зыхуэжумартыр Iуэхум хьэлэлу бгъэдэтхэрщ. Феплъыт ди хьэсэхэм гухэхъуэу зэрызаужьым. Ар ди цIыхухэм я IэрыкIщ, щIым къытхуищI тыгъэщ. Ерыскъы зимыIэм и дыщэр пудщ, и щхьэри лъагэу хуэлъагъужынукъым. Мис ар ди мэкъумэшыщIэхэм фIыуэ къагуроIуэ, — яжриIэрт Къамболэт хьэщIэхэм.
Зи лIыгъэкIэ, зи зэфIэкIкIэ, зи цIыхугъэкIэ Хэкум цIэрыIуэ щыхъу адыгэлIым пасэм щыгъуэ уэрэд хуаусырт, и цIэрэ, и пщIэр яIэтырт. Мис апхуэдэ цIыху щэджащэхэм ящыщт Тэрчокъуэ Къамболэт КIыцу и къуэр. Ар Хьэтуей къуажэм 1911 гъэм къыщалъхуащ, 1939 гъэм я жылэм и «Шэкэр» колхозым и тхьэмадэу хахащ. Хэку зауэшхуэр къыщыхъейм абы кIуэри, лIыгъэм и щапхъэ къигъэлъагъуэу а илъэс хьэлъэхэм я мафIэ лыгъэм кIуэцIрыкIащ. Къигъэзэжа нэужь, «Шэкэр» колхозым и унафэщIу хахыж, куэд дэмыкIыу Арщыдан МТС-м и Iэтащхьэ ящI.
1954 гъэм партым и къыхуеджэныгъэкIэ Арщыдан къуажэм ягъакIуэ, Лениным и цIэр зезыхьэ колхозыр къиIэтыну. Абы Тэрчокъуэм зыкъыщигъэлъэгъуащ цIыхухэр зэщIэзыгъэуIуэф, зэзыгъэдэIуэф, мэкъумэш IэнатIэхэр Iэзэу зыунэтI къызэгъэпэщакIуэ акъылыфIэу. Мо лэжьакIуэшхуэм, унафэщI ерыщым и Iуэху зехьэкIэр зылъагъу къуажэдэсхэм я гур къызэрыгъуэтыжырт, я къарур зэрыубыдыжырт, щIым хуэфащэ фейдэ къызэрыпыкIынур я фIэщ хъурт. Апхуэдэурэ колхоз дэхуэхар зэтригъэувэжащ икIи езыр здэщыIа «Шэкэрым» и пэ иригъэщащ. ИлъэсиплI дэкIри, Тэрчокъуэм Арщыданыр къэрал утыкум иришащ, езыри СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и депутату хахащ. Ар КПСС-м и ЦК-м и Пленум зыбжанэм, партым и съездищым хэтащ.
Колхозри Къамболэти, республикэм къыщымынэу, къэрал псом цIэрыIуэ щыхъуат. 60 гъэхэм Арщыданым хьэцэпэцэу къыщрахьэлIэм хуэди 5,3-кIэ, нартыхум хуэди 10,4-кIэ, я хъубжэм хуэди 4,2-кIэ, лыуэ ящэм хуэди 9-кIэ хэхъуат. А ехъулIэныгъэхэм къапэкIуэу, Тэрчокъуэм Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь цIэ лъапIэр къыфIащащ, колхозхэт тIощIым щIигъум Хэкум и орден нэхъыщхьэхэр, медалхэр къратащ.
ЗызыузэщIыжа, гъавэр зи куэд хозяйствэм Iэщри щыбагъуэрт. И бохэм жэм гъэшыфIэу миным щIигъу щIэтт, махуэ къэс шэ тонн мини 8 — 10-м нэблагъэ гъэш IыхыпIэхэм иратырт.
Къуажэдэсхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным хуэунэтIауэ колхозым и мылъкукIэ куэд дыдэ зэфIагъэкIащ. Ар къалъытэри, къэралым и дамыгъэ нэхъ лъапIэ дыдэу щыIа Ленин орденыр колхозым къыхуагъэфэщащ.
Тэрчокъуэ Къамболэт колхозым и тхьэмадэу щылэжьа илъэсхэм Арщыдан къуажэм зэрызиужьа щIыкIэмрэ абы щекIуэкIа Iуэхугъуэ гукъинэжхэмрэ:
1955 гъэ — унагъуэхэм радио хущIашащ.
1959 гъэ — къуажэр электрификацэ ящIащ.
1960 гъэм и накъыгъэ -Хэку зауэшхуэм хэкIуэда арщыдандэсхэм я фэеплъ къызэIуахащ.
1961 гъэм и щIышылэ — тIысыпIэ 500 зиIэ ЩэнхабзэмкIэ унэ къызэIуахащ.
1961 гъэ — къуажэм псы кIуапIэхэр щаухуащ.
1963 гъэм и фокIадэ — тIысыпIэ 520-рэ зиIэ курыт еджапIэ къызэIуахащ.
1964 гъэ — Лениным и цIэр зезыхьэ колхозым и IуэхущIапIэм и унэр яухуащ.
1965 гъэ — Арщыдан гъавэ IыхыпIэр къызэIуахащ.
1966 гъэм жэпуэгъуэм и 5 — япэ цIыхубз-космонавт Терешковэ Валентинэ арщыдандэсхэм яхуэзащ.
1966 гъэ — Урысейпсо зэхьэзэхуэм зэрыщытекIуам папщIэ, РСФСР-м и Министрхэм я Советымрэ ВЦСПС-мрэ я Бэракъ плъыжь зэIэпахыр арщыдандэсхэм къратащ.
1967 гъэм и мэлыжьыхь — СССР-м и ВДНХ-м и япэ нагъыщэ зиIэ Дипломыр колхозым къыхуагъэфэщащ, IэнатIэм щыпашэхэм абы и дыжьын, жэз медалхэр къратащ.
1967 гъэм и гъатхэпэ — накъыгъэ — къуажэм газыр яшащ.
1967 гъэм и мэлыжьыхь — лэжьакIуэхэм папщIэ къатитI унэу 10 кърагъэжьащ.
1967 гъэм накъыгъэм и 25 — Лениным и цIэр зезыхьэ колхозым Ленин орден къыхуагъэфэщащ.
1967 гъэм бадзэуэгъуэм и 13 — Ленин орденыр къратащ.
1968 гъэ — ныбжьыщIэу 120-рэ здэкIуэну сабий гъэсапIэ къызэIуахащ.
1969 гъэ — колхозым и мылъкукIэ яухуа, гъуэлъыпIэ 80-м тещIыхьа сымаджэщыр къызэIуахащ.
1970 гъэ — колхозым и мылъкукIэ яухуа, сабий 220-м тещIыхьа курыт еджапIэ №2-р къызэIуахащ.
1970 гъэ — мурад хэхам тещIыхьа Арщыдан заводыр ирагъэжьащ.
1971 гъэ — хуэIухуэщIэхэмкIэ унэрэ машинэ-трактор мастерскойрэ ятащ.
1974 гъэ — Iэщышхуэу 800 щаIыгъыну бо яухуащ.
1974 гъэ — къуажэ универмагыр къызэIуахащ.
1976 гъэ — музыкэмкIэ еджапIэ къызэIуахащ.
Къамболэт (абы псори ДэбагъуэкIэ еджэрт) колхозым и тхьэмадэфI къудейтэкъым, атIэ икIи къэрал лэжьакIуэшхуэт, цIыху гъуэзэджэт, къызэгъэпэщакIуэ емызэшт. Сыт и лъэныкъуэкIи зыхуэткIиижт, и къару псори IэнатIэм иритырт. Абы и унафэр зымыгъэзащIэ, и псалъэм ебакъуэ, фIэмылIыкI Iэщыхъуэхэми яхэттэкъым. Гумызагъэти, лэжьакIуэхэр зыхуей-зыхуэфIхэр зыщигъэгъупщэртэкъым, я унагъуэхэм защIигъакъуэрт.
Колхозыр гъавэгъэкIхэмрэ Iэщыхъуэхэмрэ я еджапIэ хъуат. Арщыдандэсхэм я зэфIэкIым, я Iэзагъым зыщагъэгъуэзэну Кавказ Ищхъэрэмрэ къэралым и адрей щIыпIэхэмрэ я лIыкIуэхэр куэду къахуеблагъэрт. Къуажэм щыхьэщIащ КПСС-м и ЦК-м и секретархэр, Италием, ГДР-м, Кубэм, Монголием, нэгъуэщIхэми щыщ щIэныгъэлIхэр, еджагъэшхуэхэр, IэщIагъэлIхэр.
Гъуэгум къыщыхъуа насыпыншагъэм хиха фэбжьым зэрихьрэ илъэс 30-м щIигъуами, арщыдандэсхэм ар ящыгъупщэркъым, и фэеплъыр яфIэлъапIэщ.
— Тэрчокъуэ Къамболэт профессортэкъым, уеблэмэ, курыт щIэныгъэ нэгъэса иIэтэкъым. Ауэ губзыгъэт, Iущт, псом ящхьэрауэ, и къалэным хуэпэжт, гурэ псэкIэ бгъэдэтт. Дауэ абы уи щхьэр зэрыхуумыгъэщхъынур, и фэеплъ нэхум пщIэ зэрыхуумыщIынур! И пщIэри, и фэеплъри лъапIэщ. ЛъапIэщ мы гъащIэм къыщигъэна лъэужьри! — жиIэгъат абы щыгъуэ партым и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым и япэ секретарь Мэлбахъуэ Тимборэ.
Хьэжыкъарэ Алик.
Къэбэрдейм щыщ шууей Хьэмгъуокъу Барэсбий
1936 гъэрщ. Мэзкуу, Кремлым, Iэщыхъуэхэм я Союзпсо зэIущIэшхуэ щокIуэкI. Адыгэ фащэ екIу зыщыгъ, дыжьын къамэр зыщIэкъуза щIалэ цIыкIур псэлъапIэм дожейри, и нэ фIыцIэхэр мыупIэрапIэу, и гум хыхьауэ шы лъэпкъыфIхэр зэрызэрахьэ щIыкIэм тегушхуауэ топсэлъыхь. Пэшым щIэсхэм Iэгуауэшхуэ хуаIэт. Езы ныбжьэгъу Сталиным абы и Iэр екъузри, гуапэу жеIэ:
— Уэт, щIалэфI!
Партымрэ правительствэмрэ я унафэщIхэр зыхэт, Iэщыхъуэ пашэхэм я ебланэ зэIущIэм къыщыпсалъэр Кэнжэ къуажэм щыщ еджакIуэ ныбжьыщIэ Хьэмгъуокъу Барэсбийщ.
— Ди школым еджакIуэ 326-рэ щIэсщ. Абыхэм ящыщу 159-р пионерщ, 3-р комсомолым хэтщ, адрейхэр октябрятэщ. Псори зэхэту гупибл адыгэш лъэпкъыфIхэм дакIэлъоплъ (Iэгу йоуэхэр).
Сталиным:
— Уэ езыр илъэс дапщэ ухъурэ?
Хьэмгъуокъум:
— Сэ, ныбжьэгъу Сталин, илъэс 13 сохъу.
Сталиным:
— Уэт, щIалэфI! (Iэтауэ Iэгу йоуэхэр).
Хьэмгъуокъум:
— ИугъащIэ ди егъэджакIуэ Iущ ныбжьэгъу Сталиным! ИугъащIэ ЗыхъумэжыныгъэмкIэ цIыхубэ комиссар, Совет Союзым и Маршал Ворошиловым! (Iэгу йоуэхэр).
Iэгуауэшхуэм щIэту пионер Хьэмгъуокъу Барэсбий мэкIуатэри, ныбжьэгъу Сталиным, партымрэ правительствэмрэ я унафэщIхэм я Iэр еубыд. Зэхуэсахэр щыту куэдрэ Iэгу йоуэ. ИужькIэ ныбжьэгъу Сталиныр къолъэIури, урысыбзэкIэ жиIахэм Барэсбий адыгэбзэкIэ къытрегъэзэж.
1933 гъэм ВЛКСМ-ми и ЦК-м комсомол, пионер псори къыхуриджауэ щытащ колхозхэм ядэIэпыкъуну. Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм ящыщу а Iуэхум япэу зезытар Кэнжэ къуажэм и пионерхэрщ. Жэрдэм къыхалъхьэри, гъавэр зыхъумэну, щхьэмыжхэр къэзыщыпыну, шкIэхэмрэ шыщIэхэмрэ зезыхьэну пионер гупхэр къызэрагъэпэщ. А щIыкIэм тету, Хьэмгъуокъу Барэсбий шы гъэхъуным дехьэх.
1936 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и автономиер илъэс 15 щрикъум балигъи 150-рэ зыхэта спортсмен-шууейхэм я япэ щIыналъэ зэхьэзэхуэм пионерым и щIыхьыр абы ехъулIэныгъэкIэ щихъумащ. Барэсбий и Костик шымкIэ метр 2200-м бжьыпэр щиубыдащ. Къихьа текIуэныгъэмкIэ ныбжьыщIэм гуапэу къехъуэхъуауэ щытащ Совет Союзым и Маршал Буденный Семёнрэ партым и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым и япэ секретарь Къалмыкъ БетIалрэ.
А илъэс дыдэм Кавказ къуршхэм я хъуреягъыр шыкIэ къызэхакIухьауэ щытащ. Адыгэшым, хьэрыпышым, буденнэшым, донышым, инджылызышым, нэгъуэщIхэми я зэфIэкIыр абы щагъэунэхуат. Минвод къыщыщIэдзауэ Кавказым и хъуреягъыр махуэ зыбжанэкIэ зэпачащ. Ди республикэм щыщу зекIуэм хэтащ «Куба» колхозым и Фариз адыгэшыр. Хозяйствэм и унафэщIхэм я лъэIукIэ Хьэмгъуокъу Барэсбий Фариз Налшык щыгъэжапIэм тIэунейрэ къыщигъэжат икIи щытекIуат. А илъэсым зэхэта, Iэщыхъуэ пашэхэм я Союзпсо зэIущIэм щрагъэблэгъам, СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и УказкIэ, шууей ныбжьыщIэм «ЩIыхьым и дамыгъэ» орден къыхуагъэфэщащ. Къэралым и правительствэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щыяпэу Кэнжэ къуажэ еджапIэм духовой, струннэ оркестрхэм я Iэмэпсымэхэр, пианинэ, зэреджэ-нэрылъагъу пособиехэр, библиотекэ, пионер 300-м папщIэ физкультурэ щыгъынхэр тыгъэ къахуищIащ. Апхуэдэ гулъытэм пионерхэм я лэжьыгъэр щIигъэхуэбжьащ икIи Дзэ Плъыжьым щхьэкIэ шы нэхъыбэ ягъэхьэзыру щIадзащ. Кэнжэм и пионерхэм я къыхуеджэныгъэр даIыгъыу, Кавказ Ищхъэрэм и ныбжьыщIэхэми Хэкум и хъумакIуэхэм шы щэ бжыгъэхэр хуагъэшхащ. 1936 — 1940 гъэхэм къриубыдэу езы кэнжэдэс цIыкIухэм адыгэшу 10 къагъэхъуащ.
А илъэсхэм Хьэмгъуокъу Барэсбий щыгъажэ 60-м щIигъум хэтати, етIуанэ увыпIэ нэхъыкIэ къихьакъым. 1937 гъэм Псыхуабэ къалэм зэпеуэшхуэ щекIуэкIауэ щытащ. Абы Барэсбий плIэнейрэ зыкъыщигъэлъэгъуати, Ростов областым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Осетие Ищхъэрэм, Шэшэн-Ингушым я колхозхэм, шы заводхэм я шууейхэм ящыщу зыри къыпэхъуакъым. КъыкIэлъыкIуэу, Дагъыстэн автоном областыр илъэс 15 зэрырикъум и щIыхькIэ Мэхъэчкъалэ щызэхэта зэпеуэм «Коммунист», «Куба», «Кэнжэ», «Аушыджэр» колхозхэм я шыхэмкIэ щытекIуащ. Апхуэдэу 1939 гъэм мэкъумэш IэнатIэм и союзпсо гъэлъэгъуэныгъэр къызэрызэIуахым и щIыхькIэ Мэзкуу и къэрал щыгъэжапIэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэхэм Кэнжэ, Нартан, Куба, Шэджэм Езанэ къуажэхэм, нэгъуэщI щIыпIэхэм къыщагъэхъуа адыгэшхэмкIэ хэтащ икIи хэнейрэ бжьыпэр щиубыдащ. А зэпеуэм къыщызэринэкIащ хьэрыпыш, инджылызыш, ахалтекиныш, буденнэш лъэпкъхэр.
1939 гъэм «Ленфильм» киностудием щытрахащ Къэрал саугъэтым и лауреат Попов Александр и сценарийкIэ ягъэува «Къэбэрдейм щыщ шууей» фильмыр. Абы лъабжьэ хуэхъуар кэнжэдэс ныбжьыщIэхэм я IуэхущIафэрщ. Фильмыр къэралым и дэнэ щIыпIи куэдрэ щагъэлъэгъуащ. А гъэ дыдэм и шыщхьэуIу мазэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыху минхэм я нэгу щIэкIащ Осетие Ищхъэрэм и профессионал шууей Къантемыр зэкъуэшхэмрэ Кэнжэ къуажэм щыщ ныбжьыщIэхэмрэ я зэхьэзэхуэ гукъинэжыр. Мэзкуу и къэрал циркым и манежым махуэ бжыгъэкIэ щекIуэкIа зэпеуэм Хьэмгъуокъу Барэсбийрэ Ахъмэт Мусэбийрэ щытекIуэри, я цIэхэр жыжьэ щагъэIуащ, союзпсо утыкум хуэфащэ увыпIэ щаубыдащ.
Лъэныкъуэ куэдкIэ зэфIэкI хъарзынэ зиIа Хьэмгъуокъу Барэсбий и лъэпкъымрэ республикэмрэ я зыужьыныгъэм хьэлэлу хуэлэжьащ. А псом абы и пщIэр егъэин, и цIэмрэ и фэеплъымрэ ягъэлъапIэ.
МЫСОСТ Алий.
Лэжьыгъэм и ЛIыхъужьхэр
Пащты СалимэУммаевэ ФазикэАхъмэт МусэбийIэрэмысэ АхьмэдПэнагуэ АзэмэтджэрийЕмыш Хьэлий
Мылъку хэкIыпIэ
Хэку зауэшхуэ нэужьым, нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм зэхакъутар зэфIэгъэувэжын хуейт. Абы къару псори хузэщIагъэуIуэрт. Къэралым псынщIэу зыкъиIэтыжыныр мэкъумэш IэнатIэм и зэфIэкIым куэдкIэ зэрелъытар зыщагъэгъупщэртэкъым. «Гуэнхэм гъавэр из щIыжын, цIыхухэр ерыскъыкIэ, Iэщыр IусыпхъэкIэ къызэгъэпэщын», — арат абы щыгъуэ къуажэдэсхэм я къалэнхэр.
Евтушенкэ Николай Ди щIэныгъэлIхэм, мэкъумэш щIэным нэхъ хуэIэзэ нэхъыжьхэм нартыху гъэкIыным трагъащIэрт. Уегугъумэ, а къэкIыгъэм бэвагъышхуэ къызэритынур къагурыIуэрт икIи абы тегушхуэрт.
50 гъэхэм нартыхур къэрал Iуэху хъуат. Жылапхъэхэм я къыхэхыкIэр, я зехьэкIэр, я тещIэкIэмрэ къехьэлIэжыкIэмрэ ди республикэм щаджырт. Япэ илъэсхэм наIуэ хъуат а къэкIыгъэ берычэтым хъеру къитым зэрыпхухэгъэхъуэнур. Нартыхум «нарт гъавэкIэ», «губгъуэ гуащэкIэ» еджэу щIадзат. ИпэжыпIэкIэ ар гъавэт, гъэшт, лыт. Нартыхум гулъытэ хэха хуащIу хуожьэ, хьэсэу хухахым нэрылъагъуу хохъуэ. Абы и лъэныкъуэкIэ щапхъэт Аруан, Бахъсэн районхэм Лениным, ЩоджэнцIыкIум я цIэр зезыхьэ, Май куейм щыIэ «Красная нива» колхозхэр. А колхозищыр зыдэуна унафэщIхэм я щIэдзапIэри, я IуэхущIафэри, ягъуэта пщIэри зэщхьщ. Ахэр Хэку зауэшхуэм хахуэу хэта ордензехьэхэу Тэрчокъуэ Къамболэт, Бгъэжьнокъуэ Хьэчим, Евтушенкэ Николай сымэщ.
«Красная нива» колхозым и тхьэмадэу щагъэкIуам, Евтушенкэ Николай щIэныгъэ куу зыбгъэдэлъ, зи акъылыр зэрыубыда, сыт хуэдэ IуэхущIэми хуэжан IэщIагъэлIт. Ар 1955 гъэрт. Абы и пэ илъэсым хозяйствэм ику иту гектарым бжьыхьэсэ гуэдзу къыщытрахыр зы центнеррэ пщIанитIрэт, нартыхуу центнери 10,2-рэт, илъэсым жэмым хуэзэу къашыр литр миным зэрыщIигъу щыIэтэкъым, джэдкъаз гъэхъуныр ехуэхыпат. Апхуэдэ щытыкIэм Евтушенкэ Николай къигъэдзыхакъым, зэрыжаIэу, «и бгыр щIикъузэри» лэжьыгъэм зритащ, щIэныгъэр и лъабжьэу IэнатIэхэр иунэтIу щIидзащ. «Псы здэкIуэ щIыхэрщ ди мылъку хэкIыпIэр», — жиIэ зэпытт икIи а Iуэхур жыджэру пхигъэкIырт, къэхутэныгъэ-гъэунэхуныгъэхэр я деж щригъэкIуэкIырт. Псы лъэIэсу зы хьэси зимыIа колхозым и гъавэ щIапIэ гектар 3600-м щыщу 2200-р абыкIэ ягъэнщIу хуожьэ. Псым колхозым зыдеужь, халъхьэ мылъкур гъэбэгъуауэ къыхохъуэж.
Евтушенкэ щIэныгъэр лэжьыгъэм тегушхуауэ къыщигъэсэбэпырт. Ар и лъабжьэу мэкъумэш бэвым и хэкIыпIэхэм теухуауэ кандидат диссертацэ игъэхьэзырри, ехъулIэныгъэкIэ пхигъэкIащ. Абы нэхъри зригъэубгъущ, IуэхугъуэщIэхэр къихутэри, и доктор диссертацэри игъэгувакъым.
Гъавэрэ IэщхэкIыу къалэжьым хэхъуэрт, плъакIуэхэр яIэ хъуат. Ар тхьэмадэу зэрыщыта илъэс тIощIым къриубыдэу колхозым лъэщу зиужьат. Къапщтэмэ, 1954 гъэм елъытауэ 1974 гъэм мэкъумэшхэкIыу кърахьэлIэм хуэдиблкIэ, лыуэ къалэжьым хуэдипщIкIэ, гъэшу къашым хуэдэ 14-кIэ, джэдыкIэу кърахым хуэдэ 20-кIэ хэхъуат. Колхозым ГуащIэдэкIым и Бэракъ Плъыжь орденыр къыхуагъэфэщащ, езым Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь цIэ лъапIэр къыфIащащ.
Евтушенкэ Николай КПСС-м и XXIV съездым лIыкIуэу хэтащ, колхозхэтхэм я III Союзпсо зэIущIэшхуэми щыIащ. 1960 гъэ лъандэрэ РСФСР-м щIыхь зиIэ и агрономщ.
Ленин орденым нэмыщI, Октябрь Революцэ, ГуащIэдэкIым и Бэракъ Плъыжь орденхэр, медаль куэд къыхуагъэфэщащ. 1974 — 1987 гъэхэм КъБАССР-м и Министрхэм я Советым и Тхьэмадэм и япэ къуэдзэу, 1987 — 1989 гъэхэм нартыхумкIэ Союзпсо щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и унафэщIу лэжьащ, мы зэманым а IуэхущIапIэм чэнджэщэгъу нэхъыщхьэ къалэныр щегъэзащIэ.
Дэбагъуэ Хьэжсет.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31210.txt"
} |
ЗэфIэкI зиIэхэм къахохъуэ
Шэджэм куейм олимп резервхэр гъэхьэзырынымкIэ и сабий-ныбжьыщIэ спорт школым и гъэсэну 6-м «Урысейм спортымкIэ и мастер» цIэр къыфIащащ. Абы теухуа унафэм Iэ щIидзащ Урысейм спортымкIэ и министр Мутко Виталий.
Спортсменхэм спортым и мастерым и мардэхэр урысейпсо мастер зэхьэзэхуэхэм щагъэзэщIащ, ехъулIэныгъэфIхэри зыIэрагъэхьащ. Къыхэдгъэщынщи, кикбоксер Борсэ Астемыр дунейпсо Кубокым, дунейпсо, Европэ чемпионатхэм щытекIуащ. БэнакIуэ КIарэ Хьид Урысейм пашэныгъэр къыщыхьынымкIэ ныбжьыщIэхэм я зэпеуэм жэз медаль къыщихьащ, ПщыукI Рэмэзан Къэзан къалэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ щекIуэкIа дунейпсо зэхьэзэхуэм бжьыпэр щиубыдащ.
КIарэ Элинэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31227.txt"
} |
Саугъэт лъапIэр зыхуагъэфэщахэр
2012 гъэм къриубыдэу щэнхабзэм хуащIа хэлъхьэныгъэм папщIэ, УФ-м и Правительствэм и саугъэтхэр зыхуагъэфэщахэм зэрыратыжрэ куэд щIакъым. ГуфIэгъуэ зэIущIэр щекIуэкIащ Урысей къэрал академическэ Театр Иным.
— Саугъэтыр фи зэчийм, зыхуэвгъэувыжа мурадхэм ерыщу фызэрыхуэкIуэм, Урысейм и щэнхабзэ гъэтIылъыгъэхэм фи къарурэ зэфIэкIкIэ зэрыхэвгъахъуэм къапэкIуа тыгъэщ. Нобэ дгъэлъапIэ цIыхухэр щIыналъэ зэхуэмыдэхэм щыщщ: Урысейм и къалащхьэм щыщIэдзауэ Забайкальемрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ нэс. Абы къегъэлъагъуэ ди къэралыр зэрыгъэщIэгъуэныр, хуэди зэрыщымыIэр, — жиIащ саугъэтыр зыхуагъэфэщахэм езытыжа, УФ-м щэнхабзэмкIэ и министр Мединский Владимир.
Зи лэжьыгъэ къалъытахэр сурэтыщIу, тхакIуэу, композитору, артисту, кином и лэжьакIуэу 47-рэ мэхъу. Ди дежкIэ хъыбар гуапэщ, дызэрыгушхуэнщ абыхэм ящыщу цIыхуи 3-р зэрыадыгэр.
КъБР-м и «Кабардинка» къэрал академическэ къэфакIуэ гупым и художественнэ унафэщI Атэбий Игорь саугъэтыр къратащ зи пашэ ансамблым къызэригъэпэща «Зэныбжьэгъугъэм и удз гъэгъа» концертым папщIэ. Саугъэт лъапIэр хуагъэфэщащ сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ я художественнэ лэжьыгъэхэр зытраухуа «Нартхэм я хъугъуэфIыгъуэ» дунейпсо фестиваль-зэхьэзэхуэм и къызэгъэпэщакIуэхэм: проектым и унафэщI ТIажь Борис, арт-директор ТIажь Альбинэ, апхуэдэуи Лъэпкъхэм я унэ Москва дэтым (МДН) и Iэтащхьэ, лэжьыгъэм и унафэщIхэм ящыщ зы Комаров Николай, МДН-м Щэнхабзэ лэжьыгъэхэмрэ цIыхубэ IэпщIэлъапщIагъэмкIэ и центрым и унафэщI, «Нартхэм я хъугъуэфIыгъуэ» проектым и гъэлъэгъуэныгъэхэр зыгъэхьэзыра Мазиловэ Татьянэ, а центрым зэIущIэхэр зэхэзышэ и къудамэм художественнэ проектхэр пхыгъэкIынымкIэ и секторым и щIэныгъэ лэжьакIуэ Батыровэ Наталье сымэ.
«Нартхэм я хъугъуэфIыгъуэ» фестиваль-зэхьэзэхуэм ди газетым мызэ-мытIэу дыщытепсэлъыхьами, иджыри зэ фигу къэдгъэкIыжыну дыхуейщ ар зэрылэжьыгъэ гъэщIэгъуэныр, ипэкIэ апхуэдэ Iуэху зэремыкIуэкIар. Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэ гъэтIылъыгъэ нарт эпосырщ, къапщтэмэ, ди эрэм и пэкIэ япэ лIэщIыгъуэм къэунэхуа адыгэ лъэпкъым и IуэрыIуатэрщ арт-проектым и къызэгъэпэщакIуэхэм къыхахар. 2008 гъэм къыщыщIэдзауэ 2012 гъэр иухыху «Нартиада»-м хэтащ Урысейм и щIыналъэ 12-м, Европэм, Азием, Африкэм, Латинскэ Америкэм щыщ къэрал 22-м щыщхэр, лъэпкъ зэхуэмыдэу 53-м къахэкIа сабийуэ мини 9-м щIигъум я IэдакъэщIэкI сурэтхэр. Абыхэм ящыщу 457-р зэпеуэм и лауреатщ, цIыху 95-р, творческэ гупу 17-р пашэ хъуахэщ.
«Нартхэм я хъугъуэфIыгъуэ» Iуэхум теухуауэ яIэ еплъыкIэр, IуэрыIуатэ нэхъыжь дыдэхэм ящыщ нарт хъыбархэм сабийхэр щIэпIыкIын зэрыхуейм, абы цIыхугъэм, Iущыгъэм, лIыгъэм узэрыхуигъасэр, лъэпкъхэм я зэхуаку дэлъын хуей зэхущытыкIэр зэрыригъэфIакIуэр, проектым ипкъ иткIэ, къызэрагъэпэща гъэлъэгъуэныгъэхэмрэ зэIущIэхэмрэ ди щIэблэм куэд къызэрыратыр, нарт хъыбархэр лъабжьэ зыхуэхъу сурэтхэр зыщI сабийхэм я псэкупсэ къулеигъэр зэрыбагъуэр, нэгъуэщIхэри «Аргументы и факты» газетым щыжаIащ Москва къалэм и Iэтащхьэм и къуэдзэм и къалэнхэр зыгъэзащIэ Горбенкэ Александр, УФ-м и Къэрал Думэм лъэпкъ IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Сафаралиев Гаджимет, ди къэралым и ЛIыхъужь, УФ-м щIыхь зиIэ и кхъухьлъатэзехуэ, тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат Толбоев Магомет, Урысейм щIэныгъэхэмкIэ и академием этнологиемрэ антропологиемкIэ и институтым и унафэщI Тишков Валерий, Урысейм и цIыхубэ артисткэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща Гъэсашэ Наталье.
Нарт эпосыр адыгэбзэкIэ илъэс 20, урысыбзэкIэ илъэс 30 хъуауэ къызэрыдэмыкIар къалъытэри, проектыр къызэзыгъэпэщахэм я нэIэм щIэту дунейм къытехьащ зэуэ тхылъитI: тхакIуэ, IуэрыIуатэдж Къэрмокъуэ Хьэмид сабийхэм папщIэ итхыжа «Сосрыкъуэ», Кузьмин Валентин и «Сокровище Нартов» жыхуиIэхэр. ГъэщIэгъуэнщ ахэр «Нартхэм я хъугъуэфIыгъуэ» фестивалым щытекIуа сабийхэм я IэдакъэщIэкI лэжьыгъэхэмкIэ зэрыгъэщIэрэщIар.
ИСТЭПАН Залинэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31229.txt"
} |
ФIы щIэным къыхураджэ
«Восток» кинотеатрым и бжэIупэм дыгъуасэ щекIуэкIащ «ХъуэпсапIэхэр зыдогъэхъулIэ» псапащIэ телемарафон. Ар зэгъусэу къызэрагъэпэщащ Налшык къалэ администрацэм, «Къэбэрдей-Балъкъэр» ВТК-м, «ФIы щIэ» республикэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм.
Апхуэдэу Iуэху щхьэпэр зыхуэунэтIар сабий зеиншэхэм я гугъуехьхэм республикэм и цIыхухэм гу лърагъатэкIэрэ, ахэр зыпIыну зэзышэлIа унагъуэхэм зэрадэIэпыкъун мылъку къыхахынырт.
— ФIы щIэныр, псапэ Iуэху лэжьыныр республикэм и цIыхухэм я лъым хэту къогъуэгурыкIуэ, — жиIащ зэIущIэр къыщызэIуихым Налшык къалэ администрацэм и унафэщIым и къуэдзэ Дол Анжелэ. — Гу зэрылъыттащи, абы и лъэныкъуэкIэ, сыт хуэдэ Iуэху кърахьэжьэми, цIыхухэр жыджэру хэтщ. Гуапэщ нобэрей зэманым гущIэгъу зыхэлъхэр нэхъыбэу зэрыщыIэр, шэч хэлъкъым щытыкIэ гугъум къихутахэм зэрахузэфIэкIкIэ дэIэпыкъуэгъу яхуэхъуну хущIэкъухэм ялэжь Iуэхухэми езыхэми дэрэжэгъуэ къазэрыритым. Дызэкъуэту Iуэхур зэфIэтхыу дыкъызэдэгъуэгурыкIуэмэ, гугъуехьхэр нэхъ псынщIэу къызэднэкIыфынущ, республикэм и жылагъуэ гъащIэри едгъэфIэкIуэфынущ.
Долым и псалъэхэм я щыхьэтт кинотеатр бжэIупэм цIыху куэд зэрыщыпэкIур. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми езым я гуащIэ Iуэху щхьэпэм халъхьащ. «ФIыр кIуэдыркъым, апхуэдэуи пщэдейрей махуэм къытпигъаплъэр зыми ищIэркъым. Нобэ щытыкIэ гугъум къихутам си Iэр хуэзмышиймэ, сэ дэIэпыкъуэгъу сыщыхуейм деж сыт гугъэ къысхэзылъхьэнур? Хэт зыщIэр дэ ди Iуэхур къызэрекIуэкIынур?», — жаIэрт къызэхуэсахэм.
Телемарафоным цIыху куэд къызэрырихьэлIам къэкIуэнум фIыкIэ узэрыхуигъаплъэм, мылъкур зытрагуэшэну унагъуэхэм фIыщIэ зэрахуэфащэм, абыхэм гушхуэныгъэрэ лIыгъэу яхэлъыр зыхуэдэм и гугъу ищIу къэпсэлъащ «Къэбэрдей-Балъкъэр» ВТК-м и унафэщI Дроздов Игорь.
СыхьэтищкIэ екIуэкIа зэIущIэр щызэхуащIыжым, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин абы хэта псоми фIыщIэ яхуищIащ. «Ди республикэм сабий зеиншэу исыр нэхъ мащIэ щыхъуу, лъагъуныгъэм, гуапагъэм щIапIыкI, гулъытэ зиIэ цIыкIу насыпыфIэхэм я бжыгъэм къыхэхъуэу Тхьэм дигъэпсэу», — захуигъэзащ абы къызэхуэсахэм. ПсапащIэ Iуэхум хэтахэм я нэгу зрагъэужьащ республикэм и артист ныбжьыщIэхэм.
ЩхьэщэмыщI Изэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31232.txt"
} |
Iуащхьэмахуэ макъамэхэр къыщоIу
Европэм щынэхъ лъагэ дыдэ Iуащхьэмахуэ бгым дакъикъэ 45-кIэ Визбор Юрий, Калинкин Михаил, Юрков Дмитрий сымэ я уэрэдхэр щыIуащ.
«ЛъагапIэхэм я макъамэ» Iуэхум и концерт нэхъыщхьэр (къызэзыгъэпэщар Урысейм щыцIэрыIуэ уэрэджыIакIуэхэу Юрков Дмитрийрэ Калинкин Михаилрэщ) щекIуэкIар Iуащхьэмахуэ и къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэщ, метр 5642-рэ лъагагъырщ. Хабзэ дахэ хъуауэ, макъамэри спортри зи лъабжьэ мы фестивалыр дунейм и лъагапIэ зэхуэмыдэхэм щрагъэкIуэкI.
«СпортымкIэ мыхуэмыху, бгым дэкIыфыну музыкантхэр ди Iуэхум къыхыхьэну хуитщ. Абы щыгъуэми, дэтхэнэми и макъамэ Iэмэпсымэр езым здыдехыж. Бгым дэкIам Iэмал иIэщ уэрэд жиIэу и къэралым и ныпыр абдеж щиIэтыну», — жеIэ Калинкиным.
Иджырей концертым хэтыну мурад зыщIар цIыху 20 хъурт. Абыхэм яхэтт Москва, Санкт-Петербург, Воронеж, Дон Iус Ростов къалэхэм, Камчаткэ щIыналъэм щыщхэр. КъэкIуа гупым я нэхъыщIэ дыдэм и ныбжьыр илъэси 4-т зэрыхъур, нэхъыжьыр — 57-рэ ирикъуат.
ЦIыхуи 9 къудейщ дэкIар бгым. Музыкантхэм я Iуэху даIыгъыу бгы лъапэм щызэхуэсахэри Iуэхуншэ хъуакъым: аузым, бгыхэм зыщаплъыхьащ, бдзэжьеящэ щыIащ.
ТАРИМ Алисэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31235.txt"
} |
Мы махуэхэм
ШыщхьэуIум и 31, щэбэт
Къыргъыз Республикэм и лъэпкъ махуэшхуэщ — къэрал щхьэхуэ щыхъуар (1991 гъэ) егъэлъапIэ.
1914 гъэм Санкт-Петербург къалэм и цIэр Петрограду зэрахъуэкIащ.
1971 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым Октябрь Революцэ орденыр къратащ.
ШыщхьэуIум и 31 — фокIадэм и 4-хэм Амстердам (Нидерландхэм) щызэхэтынущ гу дохутырхэм я европэ зэгухьэныгъэм и дунейпсо конгресс.
АР-м щIыхь зиIэ и сурэтыщI Иуан Аслъэн къызэралъхурэ илъэс 85-рэ ирокъу.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэ щытелъынущ, уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 25 — 28-рэ, жэщым градус 18 — 21-рэ щыхъунущ.
ФокIадэм и 1, тхьэмахуэ
Мамырыгъэр хъумэным и дунейпсо махуэщ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Къэралыгъуэм и махуэщ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Конституцэм и махуэщ
Налшык къалэ и махуэщ
ЩIэныгъэхэм я махуэщ — гъэ еджэгъуэщIэм щIедзэж
ЩIыдагъэ, газ промышленностым и лэжьакIуэхэм я махуэщ
Белорус тхыбзэм и махуэщ
1569 гъэм Урысей пащтыхь гуащэ Гуащэнэ (Марие) дунейм ехыжащ.
1674 гъэм Муцал и къуэ Къасболэт пщым и дзэм Азов и деж тыркудзэр щызэтрикъутащ.
1921 гъэм Къэбэрдей АО-р къызэрагъэпэщащ.
1939 гъэм ЕтIуанэ дунейпсо зауэр къэхъеящ. Фашист Германиер Польшэм теуащ.
1940 гъэм Налшык къыщызэрагъэпэщащ адыгэ, балъкъэр балет студиехэр.
Нобэ щыщIэдзауэ къару егъуэт «Урысей Федерацэм цIыхухэм щIэныгъэ щегъэгъуэтыным и IуэхукIэ» Федеральнэ законыщIэм.
ФокIадэм и 1 — 6-хэм Стокгольм (Швецие) щекIуэкIынущ Псым и дунейпсо тхьэмахуэ.
Къэрал лэжьакIуэ, Къэбэрдей АССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и УнафэщIу 1944 — 1951 гъэхэм лэжьа Къудей Чэрим къызэралъхурэ илъэси 104-рэ ирокъу.
УФ-ми, Кубанми, КъБР-ми щIыхь зиIэ я артист, АР-м и цIыхубэ артист, Адыгэ Республикэм и Къэрал саугъэтым и лауреат Зыхьэ Заурбий и ныбжьыр илъэс 66-рэ ирокъу.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, уэшх тIэкIу къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 20 — 22-рэ, жэщым градус 16 — 18 щыхъунущ.
ФокIадэм и 2, блыщхьэ
ЕтIуанэ дунейпсо зауэр щиуха махуэщ. 1945 гъэм фокIадэм и 2-м Iэ традзащ Японием IэщэкIэ зэщIэузэда и къарухэм зэрызатым теухуа актым.
Урысей гвардием и махуэщ
Полицэм и плъыр-пост IэнатIэр къыщызэрагъэпэща махуэщ
Вьетнам Социалист Республикэм и лъэпкъ махуэшхуэщ — щхьэхуит щыхъуар егъэлъапIэ.
Ди эрэм и пэкIэ 490 гъэм пасэрей алыдж зауэлI Фитипид алыджхэр персхэм зэратекIуам и хъыбарыр и хэкуэгъухэм яригъэщIэн папщIэ Марафон къалэм къыщыщIэдзауэ Афинхэм нэ-сыху — километр 42-рэ метри 195-рэ — гъуэгуанэр къижауэ щытащ. Абы и щIыхькIэ марафон къызэдэжэкIэр Олимп Джэгухэм хагъэхьащ.
1943 гъэм Къанкъуэщ Ахьмэдхъан Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэр къыфIащащ.
ФокIадэм и 2 — 13-хэм Женевэ (Швейцарие) щекIуэкIынущ ООН-м Ныкъуэдыкъуэхэм я хуитыныгъэхэмкIэ и комитетым и Х сессиер.
СурэтыщI-живописец Ерчэн Исуф и ныбжьыр илъэс 59-рэ ирокъу.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 19 — 24-рэ, жэщым градус 17 — 20 щыхъунущ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31239.txt"
} |
Ди псэукIэм и гъуазэ
Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэм и гугъу щытщIкIэ, фIэкIыпIэ имыIэу къэдгъэлъэгъуэн хуейщ абы и джэлэсыр — республикэм и Конституцэр.
Совет властырщ япэ дыдэу Конституцэ адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ къахуэзыхьар. Властым и къудамищыр — хабзэубзыху, гъэзэщIакIуэ, суд IэнатIэхэу зэщхьэщызыгъэкI Хабзэ Нэхъыщхьэ Къэбэрдей-Балъкъэрым иIэ хъуащ и къэралыгъуэр республикэ мыхьэнэм нэс щыдэкIуея 1936 гъэм. Абы щыгъуэ къащта «Сталин Конституцэм» (апхуэдэу ар тхыдэм къыхэнащ) ипкъ иткIэ япэ дыдэу хахащ республикэм и Совет Нэхъыщхьэр, правительствэм и унафэщIыр, нэгъуэщIхэри.
Апхуэдэ щытыкIэм зихъуэжакъым СССР-м и Конституцэм къыдэкIуэу, КъБАССР-м ейри щIэуэ зэрахъуэкIа иужькIи.
Хэбгъэзыхьмэ, 1997 гъэм дыгъэгъазэм и 12-м Къэбэрдей-Балъкъэрым и Конституцэ Iэ щIаIэтам республикэм и зэфIэкIымрэ и пщIэмрэ нэхъри къиIэт хуэдэт. Абы ижь къыщIихуат «суверенитетхэм я параду» тхыдэм къыхэнам. Фигу къэдгъэкIыжынщи, а зэманым Урысейм и щIыналъэхэр хущIэкъурт федеральнэ унафэщIхэм Iэмал зэриIэкIэ власть нэхъыбэ къыIэщIагъэкIыну. Ауэ зэманым къигъэлъэгъуащ апхуэдэ къыфIэщIыныгъэм зыри къызэримыкIыр, абы, уеблэмэ я зэран къызэрекIыр. «Суверенитет» псалъэр езэгъыртэкъым зэрыщыту Урысей Федерацэм и Конституцэм. Абы къыхэкIыу, ди республикэр Хабзэ Нэхъыщхьэм къыщагъэлъэгъуащ «Урысей Федерацэм хэт демократие хабзэрылажьэ къэралу».
Мыбы зы дэкъузэныгъэ гуэри хэлътэкъым: ищхьэмкIи илъабжьэмкIи фIыуэ къащыгурыIуэрт, адрейхэми хуэдэу, ди республикэми сувереннэ къэралым и теплъэхэр ирикъуу зэримыIэр. Дэ ди дежкIэ нэхъыщхьэр федеральнэ центрымрэ УФ-м и щIыналъэхэмрэ сэбэп пылъу зэдэIэпыкъунырщ, зэдэлэжьэнырщ, ди къэрал властым и къудамэхэр зэщхьэщыгъэкIауэ икIи зым адрейр и унафэ щIэмыту щытынырщ. Ар хъарзынэу къызэрегъэпэщ нобэ зи махуэр дгъэлъапIэ ди Конституцэм.
Шал Мухьэмэд.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "31241.txt"
} |
Subsets and Splits
No community queries yet
The top public SQL queries from the community will appear here once available.