text
stringlengths
11
353k
meta
dict
Зыгъэпсэхугъуэ махуэм ЦIыхушхуэхэм я гупсысэхэр Фи гурылъыр фымыхъуэж ГъащIэм декIуу псэуфыр нэхъ губзыгъэракъым икIи нэхъ хахуэракъым, атIэ зэхъуэкIыныгъэхэр псынщIэу къэзыщтэфырщ. Дарвин Чарльз. ГъащIэм и дэтхэнэ меданри — иджыри зы Iэмалщ. Маркес Габриэль. Япэ лъэбакъуэр чыи, занщIэу къыбгурыIуэнущ, узэригугъам хуэдэу, зэрымышынагъуэр. Сенекэ. Фигу ифлъхьар зэвгъэхъулIэным Iэмал зыри имыIэу къыщыфщыхъум и деж, фи гурылъракъым фхъуэжынур, атIэ ар зэрызыIэрывгъэхьэну фубзыхуа гъуэгурщ. Конфуций. ЖыпIэнур щумыщIэм деж пэжыр жыIэ. Твен Марк. ПщIэ зыхуащI цIыху ухъун щхьэкIэ, гъащIэм къыпхуигъэлъагъуэ псори екIуу къэбгъэсэбэпыфын хуейщ. Ларошфуко Франсуа. Псалъэр щымащIэм пщIэ нэхъ щиIэщ. Шекспир. ЦIыхум зэхихыр къыгурыIуэм нэсщ. Гёте Иоганн. НэщI мазэ лъапIэм псапэ фщIэ! Дунейпсо Адыгэ Хасэм и жэрдэмкIэ ежьауэ щыта «Псори дызэхыхьэнщи, ди лъэпкъэгъухэм дадэIэпыкъунщ!» псапащIэ Iуэхур иджыри йокIуэкI. Сирием щыщ ди лъэпкъэгъухэм ядэIэпыкъуным теухуа телемарафонхэр къыщызэрагъэпэщ республикэм и къалэхэмрэ районхэмрэ. Гузэвэгъуэ хэхуа ди къуэш хэхэсхэм зыщIэзыгъэкъуэну гупыж зыщIхэр зэрыкуэдым гур игъэкIуэдыркъым. Дэнэ къэрали щыпсэу адыгэр дызэкъуэтмэ, фIы куэд къызэрытхудэкIуэнум шэч хэлъкъым. Иджыри зэ фигу къыдогъэкIыж: КъБР-м ит IуэхущIапIэхэм, цIыху щхьэхуэхэм ягу пыкI ахъшэр мы счетым халъхьэ: ИНН 0711040610/КПП 072101001 Расчетный счет 40703810060330000227 БИК 0407026660 Корсчет 30101810600000000660 В Кабардино-Балкарском ОСБ №8631, КБР, г. Нальчик, ул. Пушкина/Кешокова, 33-А/72. Шхыныгъуэхэр КIэртIоф хьэнтхъупс Шыуаным тхъу иралъхьэри, мафIэ щабэм тету ягъэткIу. Абы зэпэплIимэурэ упщIэта бжьыныщхьэ халъхьэри, зэIащIэурэ ягъэлыбжьэ, шыбжий сыр хьэжа хакIутэ, тхъуэплъ дахэ хъуху ягъэлыбжьэ. Абы псывэ къагъэхьэзырам щыщ бэлагъкIэ зэIащIэурэ щIакIэ, зэIащIэурэ мафIэ щабэм тету дакъикъитI-щыкIэ къа-гъэкъуалъэ. Абы халъхьэ IупщIэурэ упщIэта кIэртIоф. Псывэ къэнар щIакIэжри шыгъу хадзэ, зэIащIэ. Шыуаныщхьэр трапIэри, хьэзыр хъуху мафIэ щабэкIэ ягъавэ. Хьэзыр хъуа хьэнтхъупсыр пэшхьэкум къытрахри джэдгын, бурш хаудэ, шыуаныщхьэр трапIэжри, дакъикъитхукIэ щагъэт. Пщтыру фалъэкIэ Iэнэм трагъэувэ. ЩIакхъуэ е лэкъум дашх. Шати хэзыкIэ щыIэщ. Халъхьэхэр (цIыхуитI Iыхьэ): Тхъууэ — грамм 40 Бжьыныщхьэ укъэбзауэ — грамм 35-рэ Псывэу — грамм 900 КIэртIоф укъэбзауэ — грамм 200 Шыгъуу, шыбжийуэ, джэдгыну — узыхуейм хуэдиз. «Адыгэ шхынхэр» тхылъым къитхыжащ. ГушыIэхэр Шыдым жиIэр уи фIэщ хъумэ Хъуэжэ и шыдыр хьэхуу къыIихыу мэз ирикIуэн мурадкIэ, Дизыкъуажэ лъэIуакIуэ хуэкIуащ. Хъуэжэ и шыдым а махуэм зригъэгъэпсэхуу, етIуанэ махуэм езыр мэз ирикIуэну арати: — Си шыдыр щыIэкъым, хьэхуу стащ, — щыжиIэ дыдэм хуэзэу, бом щIэт шыдыр къэкIиящ. — Шыдыр кIийуэ бом щIэтрэ пэт щхьэ сыкъэбгъапцIэрэ, Хъуэжэ? — жиIэурэ шхыдэрт Дизыкъуажи: — Шыдым жиIэр нэхъ уи фIэщ щыхъукIэ кIуэи, езым гурыIуэ-тIэ, — жиIэри щIыхьэжащ Хъуэжэ. Выр дэнэ нэфшэсыну? Дизыкъуажэ и цIыхугъэ гуэр шыгукIэ блэкIыу гу лъитащ. И цIыхугъэм сэлам кърихын и гугъэу шыгумкIэ куэдрэ еплъэкIащ. АрщхьэкIэ шыгухум зыри жимыIэу щыблэкIым, Дизыкъуажэ щIэпхъуэри, шитIым я пащхьэм иуващ: — Ей, шы хъарзынитI, мы выр дэнэ нэфшэсыну? — жиIэу. Жылау Нурбий. ГъэщIэгъуэнщ Индиер шахматым и хэкущ 1. Индием иIыгъ щIым и инагъкIэ дуней псом ебланэ увыпIэр щиубыду арами, щыпсэу цIыхухэм я бжыгъэкIэ етIуанэщ, абы и лъэныкъуэкIэ япэ ищыфар Китайрщ. Хуэгъэфэщауэ къызэрабжамкIэ, Индием цIыху мелард 1,2-рэ щопсэу. 2. Индием диным ехьэлIа махуэшхуэ яIэщ, илъэс 12-м зэ ягъэлъапIэу. Зи чэзу Кумбха-мела махуэшхуэр 2013 гъэм щIышылэм и 14-м ягъэлъэпIащ. А махуэм индусхэм я щихъым я щхьэр хуагъэщхъыну Аллахабад щызэхуэсат цIыху мелуани 100-м щIигъу. 3. Индусхэм зэрыжаIэмкIэ, дунеягъэм и пкъыгъуиплIыр (мафIэр, щIыр, хьэуар, псыр) ямыуфIеин папщIэ, дунейм ехыжам и хьэдэр щIым щIалъхьэркъым, атIэ «щэхум и чэщанэм» тралъхьэри, къуалэбзухэм яшхыж. Абы къыщIэна къупщхьэлъапщхьэр псыкъуийм ирадзыхыж. 4. Индие унагъуэм и унэгуащэм и щхьэгъусэм и цIэр ину жиIэу хабзэкъым. 5. Индиер шахматым и хэкущ. Абыхэм нэхъапэм зэреджэу щытар «чатцранга»-щ, гупиплI ищIыкIа дзэ къикIыу аращ. Шахмат дамыгъэхэри плIыуэ гуэшащ. 6. Щыгъыным и щIыкIэми и плъыфэми куэд къыбжеIэ. Уеблэмэ индие бзылъхугъэм и щхьэцыр зэрызэщIэкъуам къыуегъащIэ абы и дуней тетыкIэр зыхуэдэр. 7. Индусхэм я процент 80-м зэрахьэр индуизмырщ. Муслъымэнхэм етIуанэ увыпIэр щаубыд къэралым, абыхэм я бжыгъэр процент 13-м ноблагъэ. Къэбгъэлъагъуэмэ, муслъымэн нэхъыбэ дыдэ щыпсэу къэралхэм я ещанэщ Индиер, ар къакIэлъокIуэ Индонезиемрэ Пакистанымрэ. 8. Дуней псом щынэхъ ин дыдэ киноиндустриер — Болливудщ — ар Мумбаи щыIэщ. Болливуд щытраха фильм псори, фэ зэрыфщIэщи, мюзиклщ. 9. Къэралым зэрихьэ цIэр къызытекIар Индус псырщ. Ар санскритыбзэкIэ «синдху»-щ, «псы» къикIыу аращ. 10. Индием щынэхъ пашэ спорт лIэужьыгъуэр крикетщ, британхэр абыкIэ щапхъэ яхуэхъуауэ аращ. 11. Индием къэралыбзитI щызокIуэ: хинди, инджылыз. КъищынэмыщIауэ, Правительствэм бзэ 17 къегъэлъагъуэ. Апхуэдэуи диалект 1650-кIэ щопсалъэ мы къэралым. 12. Я нэхъыбэ индусхэм шхэн и пэ къихуэу я Iэхэр, я напэр, я лъакъуэхэр ятхьэщI. Зэрышхэр, Iэмал имыIэу, я Iэ ижьымкIэщ. Бзылъхугъэхэр Iэнэм щыпэрытIысхьэр цIыхухъухэр къэтэджыжа нэужьщ. 13. Гузэвэгъуэ зиIэ цIыхухэм IэлъэщI, щыгъын фIыцIэкъым къагъэсэбэпыр, атIэ хужьщ. Зи щхьэгъусэр дунейм ехыжа бзылъхугъэм хужьыбзэу зехуапэ. 14. Къэрал псом сыхьэт бжыгъэр щызэтохуэ. 15. ШыщхьэIум и 15-р Щхьэхуитыныгъэм и махуэщ. А махуэм 1947 гъэм Индиемрэ Пакистанымрэ зэхэкIауэ щытащ. Абы щыгъуэм цIыху мелуан 18 Iэп- хъуауэ щытащ, къэхъуа зэрыхьзэрийм цIыху мелуаным нэблагъэ хэкIуэдащ. 16. ИнджылызыбзэкIэ псалъэ лъэпкъ нэхъ ин дыдэу дуней псом къыщалъытэ индусхэр. 17. 1986 гъэ пщIондэ Индием фIэкIа налкъут щумыгъуэту щытащ. 18. Хэплъэгъуэ Iуэхуи яIэщ индусхэм: индие штати 8-м къулейсыз нэхъыбэ щопсэу, Африкэ къэрал 26-м тхьэмыщкIэу яIэм нэхърэ. 19. 20 лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэм хъыджэбз цIыкIухэм я ныбжьыр илъэс 13 зэрырикъуу лIы иратырт. 20. Турист куэдым фIыуэ ялъагъу Гоа штатыр Индием ей щыхъуар 1961 гъэращ. Ар Португалием хыхьэу щыта, къазэуа къалэщ. Къэбарт Мирэ. Псалъэзэблэдз ЕкIуэкIыу: 3. Дзэлыкъуэ районым щыщ къуажэ. 6. Щыгъын, хьэпшып зыдалъхьэ. 8. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и ректору щыта. 10. Япэ щхьэгъусэм трашэ фыз. 11. Гъатхэр къихьэри жыгхэм дахэу … щIадзащ. 12. ГущIэгъу зыхэмылъ, пхъашэ. 14. « … мыващхъуэ кIанэ, уэ лIы ухъумэ, сэри шы сыхъункIэ» — адыгэ таурыхъхэм ящыщщ. 16. Зы лIым къытехъукIа зэшхэр. 20. Пасэрей зауэлI джанэ. 23. Iэпслъэпс. 24. Уэгъу хъури, нартыху хьэсэр исыжащ, мэкъумэшыщIэм и лэжьыгъэр … хъуащ. 25. Вакъэдыж Iэмэпсымэ. 26. Абы зэIуища хъым уихуамэ, уи гъащIэм упыкIащ, ба-дзэжь цIыкIу. 31. ДзитI зыIут Iэмэпсымэ: пхъэ кIуэцIыр кърырабзыкI. 32. Мэлыхъуэ пщыIэ. 33. Мэжджытым хэтщ … джапIэ. 34. ЩIалэ цIыкIу ягъэсэхъуам, ерыс-къыр … ещI. 37. ЦIыху мелардым щIигъу щыпсэу къэрал. 39. ИгъэзэщIэн хуейуэ цIыхум къыпэщыт Iуэху. 40. Къуалэбзу кIэ дыкъуакъуэ. 41. ПкъокIэ лъагэу Iэтауэ мэкъумылэ щахъумэ. Къехыу: 1. Хуит пщIы закъуэмэ, зигъафIэу пIэкум исыну псэущхьэ. 2. Бжьэхэм зэхуахьэс фо пIащIэ. 4. Нартхэм я бжьамияпщэ. 5. Къуацэчыцэ. 7. Мэ гурымыхь къызыпих къэкIыгъэ. Щыгъыным хищIэ хьэпIацIэхэр ирырагъалIэ. 8. … и цIэ иреIуэж. 9. Бжэныфэм къыхах Iуданэ быдэ. 13. Гъатхэм пасэу къэлъэтэж къуалэбзу. 15. КъэзышагъащIэм къыкъуэт щIалэ. 17. Мэл, бжэнхэр зыIэту зыхьыф къуалэбзуушхуэ. 18. Жэмхэр зрагъафэ «пивэ». 19. Илъэс 50-м ебэкъуахэм я нэхъыбэм ар зэрахьэ. 21. Уэрэдым пкъы хуащI тхыгъэ. 22. КIыщокъуэ Алим и поэмэ. 27. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым и япэ ректору щыта. 28. Губгъуэ джэдкъаз пIащэ, лъатэу. 29. Къамылым къыхащIыкI алэрыбгъу. 30. Дунейм и щыгу нэхъ лъагэ дыдэ Джомолунгмэ адыгэхэм ящыщу япэу дэкIа бзылъхугъэ Мэз … 35. А хьэпIацIэ къэзылъэтыхьхэр гуэрэну губгъуэм иужьгъэмэ, къэкIыгъэхэм лъапсэрыхыр къыхуагъакIуэ. 36. Махъсымэм и щIэтIысыкI. 38. Егъэлеяуэ ерыщ. Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ. Бадзэуэгъуэм и 20-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр: ЕкIуэкIыу: 3. Футбол. 6. Жумарт. 8. Махъшэ. 9. Щэрмэт. 11. Къаплъэн. 13. Жыр. 15. Мы. 16. Хугу. 19. Шэнт. 22. Мысэ. 23. Iущхьэ. 24. Уанэ. 27. Къуэды. 28. Губгъэн. 29. Ахъшэ. 32. Нарт. 33. Иныжь. 34. Нэгъуд. 36. КIагъуэ. 37. Тху. 38. Кхъужь. 40. Ауз. 43. Мазэгъуэ. 45. Атэлыкъ. 47. Щыблэ. 48. Лэжьэгъуэ. 49. Къэптал. Къехыу: 1. Собэ. 2. Куба. 3. Фащэ. 4. Къанж. 5. Пшэр. 7. Танэ. 10. Мест. 12. Псым. 14. Дзэлыкъуэдэс. 15. Мащэ. 17. Гуанэ. 18. Псыхьэлыгъуэ. 20. Iэмбатэ. 21. Мухьэдин. 25. Гъудэ. 26. Пхъы. 30. Саут. 31. Дыгъужь. 35. Дыщэ. 36. КIытэ. 39. Iумыл. 40. Амыщ. 41. Залэ. 42. Акъыл. 44. Гъуагъуэ. 46. Тхьэв.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30131.txt" }
Бзу щхъуантIэ зылъэгъуа адыгэлI ТхакIуэ цIэрыIуэ, актер Онер (ГъуэгулI) Четин и ныбжьыр илъэс 70 ирокъу Хэхэс гъащIэм ипсыхьа ГъуэгулI Четин ящыщщ XIX лIэщIыгъуэм и кIэхэм зи Хэку зрагъэбгына адыгэхэм я щIэблэм. Ар Тыркум и къуршылъэ щIыпIэ дахэ Бинбогалар (Бынбагъуэ) къуажэ цIыкIум 1943 гъэм къыщалъхуащ. Анкара къалэ дэт Экономикэ академиер Четин 1961 гъэм къиухами, и гъащIэр зрипхар театрырщ. Академием щыщIэсми театр студиеми зыщигъасэурэ а Iуэхум фIыуэ хэзэгъат. Актер къызэрыгуэкIыу ГъуэгулIыр Анкара и Художественнэ театрым щылэжьэн щIидзэри, роль зэмылIэужьыгъуэу 40-м щIигъу игъэзэщIащ. Театр лэжьыгъэм абы дигъакIуэрт и тхэнри. И IэдакъэщIэкIхэр щIэх-щIэхыурэ къытрадзэрт «Гумхуриет», «Миллиет», нэгъуэщI газетхэми, журналхэми. Четин щылэжьащ ТРТ къэрал телеканалым. Тыркум щытраха япэ сериалым и продюсеру щытар аращ. Пьесэ, сериал, фильм куэдым ар щыджэгуащ, ауэ ГъуэгулIыр цIэрыIуэ щы-хъуар «Истамбыл лъагъуныгъэ» тырку-нэмыцэ кинофильмым хэта иужькIэщ. А фильмым абы роль нэхъыщхьэхэм ящыщ зы щигъэзэщIа къудейкъым, атIэ сценарийри итхащ. Актерым къехъулIа ролхэм ящыщщ Абдул-Хьэмид ейри («Абдул-Хьэмид традз» фильмым). Тхэным пасэу зи гур къыхуэуша Четин и зэчийр нэхъыбэу щынаIуэщ и сценарий лэжьыгъэхэм, къинэмы-щIауэ, театрымрэ киномрэ емыпха и IэдакъэщIэкIхэми абы зэфIэкI ин къыщигъэлъэгъуауэ къалъытэ. Четин и япэ рассказыр 1972 гъэм журналым къытрадзащ, и япэ тхылъыр 1975 гъэм дунейм къытехьащ. ЗэIэпахыу ядж жыхуаIэм хуэдэу, икъукIэ цIэрыIуэ хъуащ илъэс зэкIэлъыкIуэхэм абы къыдигъэкIа и тхылъхэр. Ахэр: «Гюлибик» («Сыдж плъыжь») — 1978 гъэм къыдэкIащ, «Бзу щхъуантIэ зылъэгъуа щыIэ?» (1979 гъэ), «Апельсин» (1980 гъэ), «Вындхэр фIыцIэу щытакъым» (1981 гъэ), «Бинбонг щыщ щIалэ цIыкIу» (1982 гъэ), н. Къыхэгъэщыпхъэщ: «Сыдж плъыжь» сабий повестыр тхуэ къыдагъэкIыжауэ щытащ, и бжыгъэкIэ зы мелуанрэ мин 200-м нэблагъэу. Германием щыщ режиссер Гаас Юрген и лъэIукIэ, Четин тхылъым сценарий хуитхри, фильм къытращIыкIыжащ. Ар США-м, Югославием, Польшэм, Германием илъэс зэхуэмыдэхэм щекIуэкIа кинофестивалхэм щагъэлъэгъуащ, саугъэту тху къыхуагъэфэщащ. Нэхъ лэжьыгъэ ин дыдэу икIи купщIафIэу тхакIуэм и къалэмыпэм къыщIэкIащ «Къуршхэм кIэрытхахэр» романыр. XIX лIэщIыгъуэм адыгэр зыIууа гузэвэгъуэхэрщ, лъэпкъыр ягъэкIуэдыну зэрыхэтарщ тхыгъэм лъабжьэ хуэхъуар. И купщIэкIэ гъэщIэгъуэнщ «Былыз къыздихь гъатхэ» рассказри, 1983 гъэм дунейм къытехьар. ГъуэгулIыр Германиемрэ Тыркумрэ я литературэ саугъэтхэм я лауреатщ. Ширдий Маринэ, ГъуэгулI Четин, Хьэгъундокъуэ Салисэт сымэ. ТхакIуэм и дуней еплъыкIэр, гъащIэм хуиIэ и гупсысэхэр куущ. Псалъэ къудейкъым ар, атIэ зи гугъу тщIыр наIуэ щохъу абы и дэтхэнэ IэдакъэщIэкIми. Адыгэ унагъуэм илъ къабзагъэм, гуапагъэм, и гурыгъу-гурыщIэхэм, нэгъуэщIхэми гулъытэ щыхуещI Четин и лэжьыгъэхэм. Сабийхэм папщIэ абы итха «Бзу щхъуантIэ зылъэгъуа щыIэ?», «Къанжэ хужь», «Апельсин», нэгъуэщIхэми абы и гукъэкIыж дахэхэм зыщыхуегъэзэж. И нанэмрэ дадэмрэ, адэ-анэм дунейр къызэрырагъэцIыхуа Iуэхухэрщ абыхэм къыщыхьар. ГъуэгулIым къыгуроIуэ хэхэс гъащIэр зэрыгугъури, хамэщIым ущисым деж уи тхыдэр, адэжь-анэжьхэм къакIуа гъуэгуанэр пIэщIэхункIэ шынагъуэ зэрыхэлъри. Ахэр къилъытэри, тхакIуэм къыдигъэкIащ адыгэм и хабзэр, и дунейр, и зэфIэкIыр IупщIу къызыщигъэлъэгъуа «Сэ сцIыху адыгэхэр» тхылъыр. Мы Iуэхум тхакIуэм сыт щыгъуи гудзакъэ хуиIэщ. Ар къыхэщащ Четин Хьэгъундокъуэ Салисэтрэ Ширдий Маринэрэ къыщепсэлъам къажриIам: «Ди лъэпкъым и хабзэм хуэдэ мы дунейм щыбгъуэтынукъым. ЦIыхугъэ пхэлъу, гулъытэ уиIэу, нэхъыжьми нэхъыщIэми я къалэныр ящIэжу псэунымкIэ, нэгъуэщI куэдымкIи ди хабзэр щапхъэ ирокъу. Ар этнографхэмрэ бзэмкIэ щIэныгъэлIхэмрэ ятхыжауэ, сабийхэр зэрырагъэджэн, а гъэсэны- гъэр зэрыхалъхьэн тхылъу диIамэ, дунейм цIэрыIуэ дыщыхъунт. Адыгагъэр цIыхугъэщ. Ауэ адыга-гъэр щыIэжынукъым, адыгэбзэр кIуэдмэ. Сэри сщIэртэкъым си анэдэлъхубзэр. ИкIи куэд щIакъым ар зэрызэзгъэщIэжрэ. Хасэм сыкIуэу къэзублэри, абы щызэхуэсхэм сепсалъэурэ си гупсысэр къэсIуэтэф сыхъуащ… «Сыадыгэщ» жызыIэр, и бзэмкIэ псэлъэфын, тхэфын хуейщ». ОнерЧетин Хэкум 1994 гъэм къэкIуауэ щытащ. Абы щыгъуэм ГъуэгулIым зригъэлъэгъуат Налшыки Мейкъуапи. И лъахэм къигъэзэжыну къыхуимыухами, Четин и Хэкум зэпымыууэ щыIэщ гурэ псэкIэ. БАГЪЭТЫР Луизэ. ГъуэгулI Четин Былыз къыздихь гъатхэ Рассказ Абы щыгъуэ шы емылыджым сыхуэдэт. ЩIылъэм си лъэр нэсыртэкъым, къуакIэри тафэри си зэхуэдэт — сыщызелъатэрт. Хъумбылэ щIэж псыгъуэр сухъуэнщIрэ чышым сышэсамэ, алъп хъыжьэу сылъейрт, си ныб-жьэгъухэр къыслъэщIэмыхьэу. Шабзэкъу къэрэшу зызгъэшырт, зеич лантIэу зызухуэжырти, си лъакъуэ псыгъуэхэмкIэ зыкъэз-гъатхъуэрт, адыгэш хьэлу зэпысшу сыщыщырти — макIуэ-мэлъей! Сылъейрт, сыжэрт… Нанэ пыгуфIыкIыурэ къыскIэлъыджэрт: — Хуэсакъ, хуэсакъ адыгэшым, урихьэжьэнщ! Срихьэжьэрт, сыкъэувыIэртэкъым… Тырку лIыжь куэсэм ещхьщ ди Бынбагъуэ Iуащхьэжьыр. Гъатхэр къихьамэ, сабын тхъурымбэм хуэдэу, адэ-мыдэкIэ къытенэ уэсыр илъэс псом текIыркъым. Ауэ фэху лъэныкъуэр зэщIэгъагъэрт, узримыгъэплъу. Абы ирихьэлIэу шазымэкIэ зэджэ адыгэ фэ вакъэ нанэ схуригъэщIырт. Арат сэ БынбагъуэкIэ щIымахуэ еным сыщIэплъэр, къысхуэгъэсыртэкъым Iуащхьэжьым и чэсейфэхур щызытрихыну пIалъэр. Сянэшхуэм фэр си лъакъуэм къыщригъапщэкIэ, пыгуфIыкIыурэ жиIэрт: «Жьым утесу псым узэрепыджым хуэдэщ уи хэхъуэкIэри». Сэ жьым сыщIытесри псым сыщIепыджри къызгурыIуэртэкъым, ауэ нанэ щыжиIэкIэ, ар зэрымыIейр сщIэрт. Фэр бзын иуха нэужь, си анэм еджэрт. Зы махуэм дын яухырт си шазымэхэр. ИтIанэ цы лъэпэд кIыхь къысщатIагъэрт, шазымэхэр абы къытралъхьэжырти… саутIыпщырт. МащIэу си лъакъуэхэр къызэрахузыр си гум фIэфIрэ сылъэтэн къысфIэщIу щхьэгъубжэм сежалIэрт. КъэIуэтэгъуейт хьэзабу сызыхэтыр, апхуэдэ махуэр уэлбанэу ирихьэлIамэ. Унэм сыщIэхуэжыртэкъым, шы емылыджри нэхъ IумпIафIэу къыщIэкIынт сэ нэхърэ. — Хъунщ, тIысэ, ирикъунщ, — жиIэрт анэшхуэм, — тIыс, моуэ тIэкIу тепыIэ, ущыщу пэшым ущIэмыт! Бынбагъуэ Iуащхьэжьыр уафэхъуэпскIрэ уафэгъуагъуэрэ зыщIэт уэлбанэкIэ гъатхэм IущIэрт. Ди псыр къиурт, псыхъуэр игъэгузасэу: мывэ абрагъуэхэр шынагъуэу къежьэрт, мэзауэхэм ягъэхьэзыра ентIырхэр кърихьэхырт, бэлэрыгъауэ хыхьа жэмхэмрэ мэлхэмрэ ипхъуатэрт. Зи Iэщ псыдзэм ирихьэжьа къуажэдэсхэр гуIэжу нэпкъым ирижэрт, дэIэпыкъуэгъу лъыхъуэу, ауэ куэдрэ къэхъурт къахухэмыхыжу щафIитхьэлэ. Зэ иригъэжьакъэ, увыIэжыкIэ имыщIэу къешхынт уэшхри. Еуэ къошхри-къошх… апхуэдэхэр фIыуэ илъагъуртэкъым си анэш Зэзай. Псыдзэм сабийуэ гупщIэуз хихагъэнти, иджыри къэс ар къефыкIырт. Уэшхым зэрыщIидзэу, и кIагуэр, къамэр, тутын чысэр къипхъуатэрти, псыдзэр здынэмысыну абрэмывэжь къуагъым къуэувэрт. Зэрыжылэу ауан ящIырт си анэшыр, псы уэрым щошынэ жаIэрти. Ауэ ар зыуи къридзэртэкъым: «Псыдзэм удэджэгу хъун-тIэ!» — жиIэрти, езым зэрыхуейуэ ищIырт. Шхэну Iэнэм пэрытIысхьауэ сабийхэр абы ежьэрт, Зэзаи пэплъэрт уэшхыр щытеужынум. Пшапэр зэхэуамэ, кIыфIым къыхэлыдыкI тутын мафIэ цIыкIум еплъу зэхэст бынунэр. ИтIанэ хуэмышэчыжу и пхъур пырхъуэм къытеувэрти, джэрт: — Дядэ, ди анэр къоджэ! Iэнэр къигъэувакIэщ! Си анэшым зэхимых зищIырти, жэуап къритыжыртэкъым. Ауэ и пхъумрэ и къуэ нэхъыщIэмрэ унэм къыщIэкIыу щыджэкIэ, хуэшэчыжыртэкъым: — Фышхэ фэ, сэ сымэжалIэркъым! Ар жиIэрти, и макъыр уафэгъуагъуэм хэкIуэдэжырт. Уэшхыр зэрытеужу, дыгъуакIуэм хуэдэу, Iэуэлъауэ иримыгъэщIу, Iуащхьэм къехыжырти, унэм къыщIыхьэжырт… Сэ абы щыгъуэ, нани зэрыжиIащи, сышыщIэ Iэлт. Нэхулъэр къыщищIым сыкъэушырти, балигъхэр къыскIэрыщIауэ, сакъыфIэтэджырт. Си шазымэхэр сеIэ-сепхъуэу яфIылъыстIагъэрти, пырхъуэм сытелъадэрт. Хуабжьу си жагъуэ хъурт, уэшх къешхыу нэху къекIамэ. Апхуэдэхэм деж, нанэ и нэмэз щIыгъуэм зрезгъэхьэлIэрти чышым сытесу, ину сыщыщурэ, унэ псор зэщIэзгъэхьэрт, зэкIэри къызэщIэзгъэушэу. Уэшхыр щызэпыукIэ, пшэхэр Бынбагъуэ текIырти Таурэс къуршыжьхэмкIэ ягъэзэжырт. Ди унэкъуэщ щIалэ цIыкIу Нахъуэ япэу къилъагъурт ар. ИтIанэ унащхьэм къытеувэрти, къаджэрт: — Былыз къыдохьэ, Былыз къыдохьэ! Сэ унэм сыкъилъэтыкIырт: — ДэнэIэ? Дэнэ щыIэ? — жысIэурэ, Нахъуэ сыхуэжэрт. Езым Iэдакъэжьауэ ищIауэ аддэ жыжьэу маплъэ. Уэшх нэужьым уафэр зэщIолыдэ, серчэпс зыдагъэжэха абдж пIащIэм хуэдэу. Бынбагъуэ и щыгум бжьэхуц Iэрамэ закъуэщ къытенэжар. Удз цIынэмэр хьэуам хэз хъуащ. Нахъуэ къызитыжыну жэуапым семыжьэу зыкъызогъатхъуэ. Ар къыскIэлъогуо, къыскIэлъожэ… — КъэувыIэ, зо! СызылъэщIэгъэхьэ!.. Си ныбжьэгъум жиIэхэр фий макъыу фIэкI си тхьэкIумэм къэсыртэкъым. Жьы къасшэм си Iэпкълъэпкъым и налъэ псоми зригуэшати, къысщыхъурт хьэлъагъ лъэпкъ схэмылъыжу, хьэуам щыщ сыхъуауэ, абы сыщесу: «Уа, гъатхэ, сыту кIыхьу дызыпэбгъэплъа? Сыт гуфIэгъуэ къытхуэпхьыр уэ?!» Хьэмым нэс зэ жьыIурыхьэгъуэкIэ сожэри, сыкъыщызэтоувыIэ. Абы хэту аддэ зы фIыцIагъэ къыщолъагъуэ. Ар къокIуатэ, щтэIэщтаблэуи зеплъыхь, зэзэмызи удзымкIэ йопхъух. Ауэрэ и макъри зэхэсх мэхъу. КъызгурымыIуэ бзэкIэ и щхьэ хуопсэлъэж, жиIэр дзапэ уэрэди хуэдэщ. Фэху бгъуфIэм къыкIуэцIрыкI фIыцIагъэр гъунэгъу къысхуохъу. «Ди Тхьэ… Аращ, Былызщ а къакIуэр… А макъыр зейр аращ. И уэрэд жыIэкIэмкIэ къэсщIэжын хуеящ. Сыту дахащэ а макъыр, жиIэм щыщу зы псалъэ закъуэ къызгурымыIуэми!..» Былыз плъэгъуакъэ — гъатхэр къызэрысым шэч къыщIытепхьэжын щыIэкъым! ЩIымахуэ кIыхьыр зэрыблэкIыу, мыщэр и гъуэм къызэрикIым хуэдэу, ари къежьэрт лъапцIэу. Былыз гъэмахуи щIымахуи вакъэ зылъитIагъэртэкъым. ЗыгъэнщIи еши ищIэртэкъым абы, щIыIэми исыртэкъым. И къуажэ къыдэкIырти, ди деж къызэрысу, уэздыгъей жыгым хуэдэу задэ и Iэпкълъэпкъыр къызэфIэщIэрт. — Хьэлу гъэтэджа, хьэлу гъэтэджа къызэфт, — лъаIуэрт. Былыз ди хьэблэм къызэрыдыхьэу, си анэшхуэм хьэкур игъэплъырт. Iэнлъэшхуэм ихуэ къудейуэ тхьэв ипщырти, хьэлухэр дэпым пэридзэрт. Хьэлу жьэрымэ IэфIым занщIэу хьэблэ псор зэщIищтэрт. Былыз зыр зым кIэлъигъакIуэу хьэлу пщтырыр идырырт. ДгъэщIагъуэу деплъырт и Iи и жьи зэримысым. Былыз узи зыхищIэртэкъым. ИтIанэ заулкIэ жьы зыжьэдишэрти: «Шхупс!» — жиIэрт. Апхуэдэу ирифыр зыхуэдизри зыми къилъытэфынутэкъым. ИужькIэ езым фIэкI нэгъуэщI зыми къыгурымыIуэ уэрэдыр къыхидзэрт. Ауэрэ жыг щIагъым щIэгъуэлъхьэнти, жеинт. Мэ къыкIэрихым гъунэгъуу уригъэкIуалIэртэкъым. Хьэхэр къепщIэкIауэ ебэнт, ауэ зыри бгъэдыхьэфыртэкъым, езыми ахэр зыуи къридзэртэкъым… Хьэмым сызэрынэсу щIым зыхэздзащ. Сыщылъщ си гущIыIур дэгъэзеяуэ, зызогъэпсэхуж. Уафэгур жыг щхъуантIэм ещхьт. Бынбагъуэ и щыгу ита бжьэхуц Iэрамэ цIыкIур, езым хуэдэ нэгъуэщI зыбжанэ гъусэ ищIри, къуажэмкIэ къэкIуэтат. Нэхъ гъунэгъу къэхъухуи абы и фэр гъуабжафэ-фIыцIафэу ихъуэжырт. Си щхьэр щIым теслъхьащ, сыдэIуащ. Макъ зэхуэмыдэ мыинхэр къыхэIукIырт абы. Зы хъумпIэцIэджи ирижащ си напэм, ауэ ездзыхакъым. Нахъуэ бауэбапщэу къэсащ. И щхьэ упсагъащIэм бахъэр щхьэщытт, и джанэр и щIыфэм пщIэнтIэпсым кIэришхэжат. ЛъапцIэт. — Дэнэ иджыри къэс уздэщыIар? Жэуап къызитыжакъым. Ауэ деж зыкъыщригъэхуэхри, жьыр куууэ жьэдишащ: — Сэри шазымэ сиIатэмэ, псынщIэу сыкъэжэнт. — Шыхэм шазымэ яIэ?.. — Я налхэр-щэ? Ди псалъэмакъыр Былыз и макъым зэпиудащ. ЩIым зыхэтIубэри дыдаIуэу щIэддзащ. Iэуэлъауэр гъунэгъу къэхъуат. ИтIанэ къуакIэм зыкъыщызыIэта Былыз и щхьэ пцIанэр къэтлъэгъуащ. ПыIэ папщIэу иIыгъ хъыдан тIэкIумкIэ и щхьэфэр щIэх-щIэхыурэ кърилъэщIэхырт. Абы зыкъедмыгъэлъагъуну быргуэ-быргуэжьым и къуагъ зыкъуэддзащ. Былыз гъунэгъу къызэрытхуэхъуу ди тхьэ къызэрихькIэ дыкIийуэ дыкъыкъуэцIэфтащ. — «Ааа-ууу!» — жиIэу къыхэкIиикIри, Былыз и пIэм идиихьащ. И нэхэр шынэм къыщихуат. И жьэ ущIауэ къэнар зэрыудзыфабзэмкIэ къапщIэрт удз зэришхар. И щхьэр и IитIымкIэ фIиубыдыкIыжри, Былыз щIэпхъуащ. Дэри IэбжьыбкIэ тIыгъ мывэкIэщхъыр кIэлъыдутIыпщащ. Ди мывэхэр лъэмыIэсыж щыхъум, и щхьэр иутIыпщыжри, и уэрэдри къыхидзэжащ икIи, а зэрыхьэмкIэм хуэ-дэурэ, ди къуажэмкIэ иунэтIащ. Дэри гухэхъуэу дыдыхьэшхыу щIым зыхэддзэжащ. Пшэхэри къакIуэри ди щхьэщыгу дыдэм деж къыщыувыIащ. — Уэшх къешхынущ иджыри, — жиIащ Нахъуэ. — СыткIэ пщIэрэ? — Бынбагъуэ и щхьэр къеумэзэхащ. Абы хэту уафэм зы мафIэ бзий ирижащ, макъ дэгуи къыкIэлъы-кIуащ. Хьэмым адэ-мыдэкIэ къыщыхэпIиикI къэрэкъурэ гъуахэр зэщIэскъыскъащ, хьэуар нэхъ щIыIэтыIэ къызэрыхъуари зыхэсщIащ. удз цIынэ къыхэжагъащIэр къисчри, сепэмурэ: — Къешхмэ, кърырешх, — жысIащ. — ДыуцIынынщ. — ДыуцIынмэ, нэхъ ин дыхъункъэ. Дрырехъу ин! Асыхьэтым дунейр къэлыдри щыблэр уащ. Дыкъащтэри, тIури абы дыкъыдыщылъэтащ. — ДыщIэгъапхъуэ! Къуажэм дынэсыжыфынкIи хъунщ… — Дынэсыжыфынукъым. Уэшхыр теужыху дегъажьэ. Уафэр шынагъуэу аргуэру зэ къачэри, уэшхыр кърикIутэхыу хуежьащ. Дэ кхъужьей жыгыжьым и лъабжьэм дыщIэпкIащ. Уэшхым кIыхь зригъэщIакъым, и къежьэкIам хуэдэу, псынщIэуи теужащ. Дэри, ди джанэ псыфхэр ткъузыжурэ, зыкIи зи сэбэп къыдэмыкIа кхъужьеижь пцIанэм и щIагъ дыкъыщIэкIыжащ. Дунейр дахащэт. Пшэхэр тщхьэщыкIри, дыгъэри къыщIэкIыжат. Аддэ, Таурэс и щыгум къыщежьэрэ Бынбагъуэ деж щиухыжу, уафэм лэгъупыкъу къыщищIат. — Нахъуэ, — зыхуэзгъэзащ си ныбжьэгъум, — лэгъупыкъум нэс дыгъажэ! — Сыт щхьэкIэ? — Лэгъупыкъум и щIагъ хэт щIэкIми, жэнэтым макIуэ. — Хэт жызыIар? — Сянэшхуэм. Нахъуэ тIэкIурэ гупсысащ, и джанэ псыфыр фIэмыфI-фIэмыфIыурэ зыщитIэгъэжурэ. И Iупэхэр ущхъуэнтIат, и дзэхэр фIызэтеуэрт. — Жэнэтым шазымэ щыIэ хабзэ? — ЩымыIэу хъун?! МелыIычхэм сыт ялъыгъыу уи гугъэр? — Тхьэм дэри шазымэ къыдитыну жыпIэрэ? — Къыдимыту хъун?! — НтIэ, къамэ? Дыжьын къамэ? — Ари къыдитынщ. — ИтIанэ шы. Адыгэш. — Жэнэтым щыIэ шы къомым я лей щхьэ улъыхъуэрэ? Абы щыIэ шыхэм дамэ ятету жаIэ. — ЩIыбогъатхъэ иджы… — ПцIы супсмэ, сянэшхуэр ирелIэ! — ЗыкъэIэт-тIэ абы щыгъуэ. Дызэбгъурыувэри, лэгъупыкъум дыхудэплъеящ. ИтIанэ Нахъуэ бжэн щIидзащ: — Зы, тIу, щы!.. УафэхъуэпскIым хуэдэу зитчауэ дожэ, дожэ… лэгъупыкъур IуокIуэт. Лъэпэдхэмрэ шазымэмрэ си блэгущIэм щIэлъщи, гугъу срагъэхь. Ди тхыцIэм бахъэ къыхеху, иджыпсту лъы къыщиудынущ жыпIэну ди пэбзийр мэбжьыбжь. ДыкъызэрылъыщIыхьам гу лъыдмытэжу Былыз къыблэттхъуащ, езыр шынэри зыщIидзащ. Къуажэм дыкъыдэлъэдэжащ, ауэ лэгъупыкъум дылъэщIыхьэфакъым. УнэмкIэ дымыгъэшу хьэщпакъ лъабжьэм къыщIэна мэкъум зыхэддзащ. Дыбэуэжыфыртэкъым икIи зыдгъэхъеижыфыртэкъым. Моуэ тIэкIу доупщIыIуж щыжытIэ дыдэм, Былыз къэсри зыкъридзыхащ: — Хьэлу, — жиIащ. — Хьэлу къызэфт! ЕрагъкIэ сыкъызэфIэтIысхьэри, унэмкIэ сыджащ: — Хьэлу къэфхь, Былыз къэсащ! Анэшхуэр бжэ блыпкъым къиувэри хьэщпакъымкIэ къэплъащ: — Сыт къэхъуар? — Былыз, зо, Былыз къэкIуащ. Нанэ и пщэр хишурэ, уафэр къипэмыхь хуэдэ зищIащ, итIанэ къыпыгуфIыкIащ. — Аращ, Былызщ. Былыз къэкIуащ. АтIэ гъатхэр къэсащ жыпIэркъэ! ЩIымахуэр ежьэжащ жыпIэркъэ! ПщэфIапIэмкIэ зигъазэри сянэм еджащ: — Iэсей, щIэхыу хьэкур гъэплъ! Былыз ди бжэм къыIухьащ, Тхьэм и хьэщIэ лъапIэ къытхуэкIуащ. Iэсей, а, Iэсей! Гъатхэр къэсащ, дунеищIэ къэсащ!.. ЗэзыдзэкIар ТIЫМЫЖЬ Хьэмыщэщ. Езыр хэтхэ ящыщ? Сэ сышу щхьэмыгъазэ гуащIэщ, Илъэс миниплI гъуэгуанэ къыщыскIуащ дунейм, Си Iэпкълъэпкъри быдэщ гъущIу, Си дамитIыр хуэдэщ жыгейм. Cэращ зыщыгугъыжыр гугъэр, СытекIуэфащи кIыфIыгъэм. Къысхалъхьащ я къарур псышхуэхэм, Iуащхьэхэм, Къатесхри тхьэхэм мафIэр, Ахэри сэщхь хъуащ, яфIэмыфIми. БлэкIами, нобэми, пщэдейми Холъагъуэр сэ си нэпкъыжьэ. Си тхыдэр жыжьэ къыщожьэ: Си зы Iыхьэр хьетщ, Адрейр хьэтщ. Сэ сщIэтщ Хьэтушили, Мидас пщышхуэм, Нефертити сымэ ялъ. Зыр си анэшу, Адрейр адэшу, Ещанэр си шыпхъуу ЛIэщIыгъуэ Iэджэ хъуауэ сыкъохъур. Сэ Дыгъэм сримыкъуэ, сэ езыр Дыгъэу срокъур. Си зы Iыхьэр Мысырщ, Фриджыщ — етIуанэр, Си Iыхьлыхэщ Вавилон, Урымыр, Византиер, Алманыр. Сэ сы-Европэщ, сы-Анадолэщ, Сы-Азиещ сэ, сы-Кавказщ, Сы-Прометейщ, Срибынщ Сэтэней, Сы-Спартакщ. Сыдыгъэмыхъуэщи, ИкIи сыдыгъафIэщ, Сы-КъуэкIыпIэщ, Сэ сы-КъухьэпIэщ. Си адэшхуэр Iэдэмщ, Хьэуащ си анэшхуэр. ТIури зэгъусэу зы мыIэрысэ Щедзакъэм, жэнэтым Кърахуащ, ирамыгъэсу. Торэтми, Инджылми, КъурIэнми Къахэбгъуэтэнущ си тхыдэр. «Ахэр уи фарзщи пщIэну, Еджэ!» — жиIащ Тхьэм быдэу. Сэращ Голиаф пэува Даутыр, Хьисэу, къыщалъхуар Назаретым. Си тхыдэм имыIэу кIэух, Жорыр пщэм дэлъу бгым дызох. Сэ срикъуэщ зэманым, Мажусийми я сыным Хуизыудар сэращ и къурыкъур… «Езыр хэтхэ ящыщ?» — жыпIэмэ, Ипсыхь защIэу зэманым си куэпкъыр, СыкъыхэкIащ адыгэ лъэпкъым. ЗэзыдзэкIар УЭРЭЗЕЙ Афликщ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30136.txt" }
Апэнэс Астемыр: Си лъэпкъыр зыхуей- зыщыщIэхэр зыхызощIэ «Адыгэ псалъэ» газетым и хьэщIэщым къытхуеблэгъащ Урысейми республикэми фIыуэ щацIыху уэрэджыIакIуэ, къэфакIуэ, театрымрэ киномрэ я артист Апэнэс Астемыр, абы и лэжьэгъухэу режиссер Къалэ Муратрэ сурэтыщI-сценограф Егоровэ Софиерэ. — Астемыр, уи лэжьэгъухэри уи гъусэу редакцэм фыкъызэреблэгъар ди гуапэщ. Иджыпсту зи ужь уит лэжьыгъэхэм къытхутепсэлъыхьыт. — Иджыблагъэ Москва концерт гукъинэж щыстащ. Абы къезгъэблэгъащ си ныбжьэгъухэр, къыздеджахэр, уэрэджыIакIуэ, къэфакIуэ, артист зэчиифIэхэр. Адыгэм и хабзэр, щэнхабзэр, къафэр, ди цIыхухэм я хьэл-щэн дахэхэр къызыхэщ зэныбжьэгъугъэм и концерт щIэщыгъуэ къыдэхъулIауэ жыпIэ хъунущ. Абы зыкърезыгъэхьэлIа журтхэми, куржыхэми, осетинхэми, урысхэми, нэгъуэщI лъэпкъхэми адыгэ уэрэдхэр къызэрыздыжаIар гуапэ сщыхъуащ. Макъамэм лъэпкъ зэхуэмыдэм щыщхэр дызэкъуегъэувэ, ди яку дэлъ зэныбжьэгъугъэр нэхъри егъэбыдэ. Концерт нэужьым адыгэбзэр зыджыну зыфIэгъэщIэгъуэн хъуахэр мащIэкъым. Къэбгъэлъагъуэмэ, «У адыгов обычай такой» уэрэдым хэт джэдлыбжьэ псалъэр зэхэзыха си ныбжьэгъур ар зищIысым щIэупщIащ. Ар зэрыдилъэпкъ шхыныгъуэр жесIащ. ИужькIэ си анэм джэдлыбжьэ, пIастэ, лэкъум, нэгъуэщI ерыскъыхэкIхэр ипщэфIщ, си ныбжьэгъухэр адыгэ хабзэм тету къедгъэблагъэри, дгъэхьэщIащ. Абыхэм ди шхыныгъуэхэр гурыхь ящыхъуащ. Илъэс зыбжанэкIэ узэIэбэкIыжмэ, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ республикэхэм я къуажэхэм, курыт еджапIэхэмрэ сабий гъэсапIэхэмрэ концертхэр щыстащ. Щэнхабзэ и лъэныкъуэкIэ си лъэпкъыр зыхуей-зыщыщIэхэр зыхызощIэ. Налшык зэрызыкъыщызмыгъэлъагъуэрэ илъэсий ирокъури, и чэзууэ къызолъытэ Москва щекIуэкIа концертыр къэсшэну. Ар жэпуэгъуэм и пэхэм иредгъэхьэлIэну тедухуащ. Концертым къыхэсшэнущ Москва щыщ артист 25-рэ. Безруков Сергей и театрымрэ ЭстрадэмкIэ театрымрэ иджыпсту сыщолажьэ. КъищынэмыщIауэ, зэныбжьэгъухэм ГИТИС-р къэдуха нэужь, дэр-дэру спектаклхэр дгъэувын щIэддзащ. Зэгуэрым абы зыхузэфIэкI хьэрычэтыщIэ кърихьэлIэри, къыддэIэпыкъуащ. Абы и фIыщIэкIэ, «Жив» щIалэгъуалэ театрыр 2010 гъэм къызэIутхащ. Ар Москва и Правдэ уэрамым тетщ. Театрым и художественнэ унафэщIыр Урысейм щIыхь зиIэ и артист, ГИТИС-м дыщезыгъэджа Разуваев Максимщ. — Театр зыбжанэм ущылэжьэну гугъукъэ, Астемыр? Зыбгъэпсэхуну зэман бгъуэтыжрэ? — А упщIэр куэдым къызат. ФIыуэ плъагъу IэнатIэм ущыпэрыткIэ гупсэхугъуэрэ дэрэжэгъуэрэ ущигъащIэркъым. Арауэ къыщIэкIынущ лэжьыгъэм сыщIримыгъэшри. ИтIанэ, узыхэт гупми куэд елъытащ. Дызэкъуэту, зэгурыIуэ ди яку дэлъу апхуэдэщи, Iуэхухэри нэхъ мэкIуатэ. Пщэдджыжьым сыхьэти 9-м щыщIэдзауэ пщыхьэщхьэм сыхьэт 18.00 пщIондэ пыухыкIауэ дылажьэркъым. Пщыхьэщхьэм сыхьэт 19.00-м лэжьыгъэм иужь дихьэнкIи мэхъу е жэщым сыхьэт 12.00-м щIэ гуэрхэр ди щхьэм къыщихьэ щыIэщ. Сыхьэт бжыгъэ хэха, жэщ-махуэ дызэримыIэрагъэнщ куэдым дыщIыхунэсри. Щэнхабзэ IэнатIэ ущыпэрыткIэ, ущыжейм дежи гупсысэщIэхэр къоуш. — Уи уэрэдхэр щызэхуэхьэса «МелыIычхэм къралъэтыхь» альбомыщIэр иджыблагъэ къыдэбгъэкIащ. Абы и гугъу къытхуэщIыт. — Альбомым уэрэд 16 хэзгъэхьащ. Абы хэхуащ нэхъапэм жысIахэри уэрэдыщIэхэри. Абы щыщу «Моя Кабарда», «Пусть летают ангелы», «Лианэ», «Алия», «Прости за то» уэрэдхэм я макъамэри псалъэри зытхар сэращ. Си уэрэдхэм я нэхъыбэр адыгэм и хабзэ, щэнхабзэ, щыIэкIэ-псэукIэ, хьэл-щэн, гурыгъу-гурыщIэхэрщ зытеухуар. Лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуэ щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр нэгъуэщIхэм я деж нэсхьэсынырщ си къалэн нэхъыщхьэр зыхэслъагъуэр. Дискыр дунейм къытехьэнымкIэ къыздэIэпыкъуахэу Гъуэт Аслъэн, ЛIыбзу Аслъэн, Дудар Аслъэн, Хъупсырокъуэ Мурат, Къэбэрдей Эммэ, Щыхьмырзэ Ахьмэд, Сансий Мурат, Щхьэгуэш Адэлбий, Новиковэ Еленэ, си адэ-анэм фIыщIэ яхузощI. — Мурат, зыкъэдбгъэцIыхурэ, уи Iуэхухэм укъытхутепсэлъыхьмэ ди гуа- пэщ. — Си адэ-анэр Налшык щопсэу. Москва ГИТИС-р къыщызухащ. Иджы абы сыкъэнауэ сыщолажьэ. Республикэм икIа щIалэхэр, Къэбэрдокъуэ Мурати Бэрбэч Аскэри къытхэту, дызэрыIыгъщ. Зы щIыналъэм икIауэ Москва щыIэхэр дызэрызэрыщIэр куэд и уасэщ. Астемыррэ сэрэ дызэдолажьэ. Немирович-Данченкэ Владимир, Станиславский Константин сымэ я цIэхэр зезыхьэ театрхэм сыщылэжьащ. Иджы «Жив» щIалэгъуалэ театрым сыщыIэщ. Театр проектхэм я зэпеуэхэм дыхохьэ, щIэхэм дытегушхуэурэ ди зэфIэкIхэм доплъыж. Къэбгъэлъагъуэмэ, иджыблагъэ Санкт-Петербург щекIуэкIа зэхьэзэхуэм дыхэтащ. Америкэм и режиссер икIи къэфакIуэ цIэрыIуэ Уоррен Карлайл «Чаплин» мюзиклыр егъэув. Москварэ Санкт-Петербургрэ зэфIэкI зиIэ и артистхэр Чаплин Чарли и ролым папщIэ зэпеуащ. А зэхьэзэхуэм Астемыр нэхъыфIу къыщалъытэри, роль нэхъыщхьэр къылъагъэсащи, текIуэныгъэр ди лэжьыгъэм къыпэкIуа ехъулIэныгъэфIу къыдолъытэ. Дэри дыкъэзыщIэ ди лъэпкъэгъухэри абы дрогушхуэ, дрогуфIэ. Къапщтэмэ, ди щIыналъэм нэхърэ Москва IуэхущIэхэмрэ лэжьыгъэщIэхэмрэ нэхъ ущытегушхуэфу, зыщупщытыфу апхуэдэщ. «Пэжщ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и хьэуар нэгъуэщIщ, мыбы зыщыбгъэпсэхун хуейуэ аращ», — къыхохьэ псалъэмакъым хъыджэбз хьэщIэ Егоровэ Софие. — Софие, Къэбэрдей-Балъкъэрым иджы япэу укъакIуэу ара? Ди къалэмрэ цIыхухэмрэ дауэ къыпщыхъурэ? — Кином, театрым теухуа проектхэм щIэх-щIэхыурэ сыхохьэ. Къэбгъэлъагъуэмэ, Владикавкази лэжьыгъэ IуэхукIэ сыкъэкIуэну къысхуихуащ, спектакль щыдгъэувым. Кисловодск дэс си ныбжьэгъуми я деж сригъэблагъэри сыщыIащ. Ауэ мы щIыпIэм япэу сыкъакIуэу аращ. Къэбэрдей-Балъкъэрым, Кавказ Ищхъэрэм никIа щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ ГИТИС-м къыщыздеджащ. Абыхэм щIыналъэм щызекIуэ хабзэ дахэхэм я гугъу ящIу мызэ-мытIэу зэхэсхащ. Ахэр гъэщIэгъуэн сщыхъуащ икIи сыдахьэхащ. «У адыгов обычай такой», «Бэдынокъуэ» уэрэдхэр игъэзащIэурэ Астемыр къыщыфэкIэ лъэпкъ хабзэр, щIыналъэм ибгхэр, и щIыуэпс къулейр си нэгу къыщIыхьэрти, си нэкIэ зэзгъэлъагъуну сыщIэхъуэпсырт. Иджы ар къызэрызэхъулIар гуапэ сщыхъуащ. Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ республикэхэми лэжьыгъэ IуэхукIэ мы махуэхэм дыщыIащ. Кавказым исхэм хьэщIэхэр зэрагъэлъапIэр, псалъэкIэ мыхъуу, зыхэсщIащ. Урысейм хуэмыдэу, мыбы цIыхухъухэм цIыхубзым пщIэ хэха зэрыщыхуащIми гу лъыстащ. Псом хуэмыдэу фи лъэпкъ шхыныгъуэхэр гурыхь сщыхъуащ. Къэнэжыр ахэр зэрапщэфIыр зэзгъэщIэнырщ. Фи адыгэбзэр-щэ? Бзэ хьэлэмэтыщэщ. ЗэкIэ зэзгъэщIа псалъэ закъуэтIакъуэм иджыри къыхэзгъэхъуэну си мурадщ. — Ди упщIэхэм жэуап къызэрефтам папщIэ фIыщIэ фхудощI. Республикэм фыкъакIуэмэ, иджыри редакцэм фыкъыдогъэблагъэ. ЗэфIэкIрэ ехъулIэныгъэрэ фиIэну ди гуапэщ. Епсэлъар ТЕКIУЖЬ Заретэщ. Сурэтыр МАМИЙ Руслан трихащ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30149.txt" }
ЩыIэжкъым а зэманыфIыр «Спартак-Налшык» (Налшык) — «Алания» (Владикавказ) — 1:1 (0:0). Налшык. «Спартак» стадион. Бадзэуэгъуэм и 23-м. ЦIыху 3000 еплъащ. Судьяхэр: Николаев, Барышников (тIури Мэзкуу щыщщ), Еровенкэ (Краснодар). «Спартак-Налшык»: Цыган, Гарбуз (Буйтрагэ, 82), Суслов, Овсиенкэ, Засеев, Руа (Джудович, 90+1), Коронов, Чеботару, Медведев, Аверьянов (Абазэ, 76), Сирадзе (Гуэщокъуэ, 65). «Алания»: Хомич, Цховребов, Байрыев, Григорьев, Брессан (Некэ, 46), Хадарцев (Кокоев, 85), Шемберас, Дакостэ, Габулов, Гогичаев (Дудиев, 46), Царикаев (Таказов, 72). Топхэр дагъэкIащ: Некэ (51), Руа (57). Дагъуэ къыхуащIащ Сусловым, Байрыевым, Григорьевым. Топыр яхузэрыгъэгъуэтыркъым. Илъэс куэд дэкIащ абы лъандэрэ. Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Осетие Ищхъэрэмрэ я командэ нэхъыщхьэ «Спартак»-хэр щызэIущIэкIэ — ар сыт хуэдэ зэхьэзэхуэуи ирехъу — Налшыки Орджоникидзи (иджы Владикавказ) я стадионхэм цIыхухэр изт, мин 15 — 20 кърихьэлIэу. Я джэгукIэри хуабжьу удэзыхьэхт, мазэ бжыгъэкIэ тепсэлъыхьыжу. Бэч Руслан, Iэхъуэбэч МуIэед, Гъубж Вячеслав, Батарин Виктор, Настаев Щамил, Мирзоев Виталий, Дерёмов Евгений, Лъэрыгухэ Викторрэ Къазбэчрэ… Сыт хуэдэ щIалэ ахъырзэманхэм яхъумэрэт ди республикэм и щIыхьыр! Ар блэкIа лIэщIыгъуэм и 70 — 80 гъэхэрат. Иджы… Осетие Ищхъэрэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ я футбол командэхэм я зэпэщIэтыныгъэ гуащIэр зылъэгъуауэ, ар зыщIэжу щыIэжыр мащIэщ. Сыти жыIи, абы лъандэрэ илъэс 30 — 40 дэкIащ. 90 гъэхэм осетинхэр къэралым и лигэ нэхъыщхьэм хыхьэри, Хьэпэ Заур я гъуащхьэтету, уей-уей жрагъэIэу хэтащ, чемпиони хъуащ, Европэм и клуб лъэщхэми хуэфэщэну ядэджэгуну яхузэфIэкIащ. Дэ гуп нэхъыщхьэм дыщыкIуэфам Владикавказ и командэм къригъэзыхыжат. Арати, ди гъуэгухэр аргуэру илъэс зыбжанэкIэ зэблэкIащ. Зэман кIэщIкIэ премьер-лигэм щызэхуэзэжа 2010 гъэми зэпэщIэтыныгъэ щIагъуэ щыIакъым, текIуэныгъэхэмкIэ я стадионхэм щызэхъуажэри, зэбгъэдэкIыжащ. Мис иджы аргуэру Урысей Федерацэм футболымкIэ и япэ дивизионым щызэIущIэжащ. Абы ирихьэлIэу «Спартак-Налшыкым» Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу къыхэнэжар мащIэ дыдэщ, «Алания»-м езым и гъэсэнхэр тегъэщIапIэ ищIащ. ЖыпIэну урикъунщ мы зи гугъу тщIы зэIущIэм налшыкдэсхэм я гупым адыгитI фIэкIа зэрахэмытар. Ахэри, зэрыхабзэу, кIэухым кърагъэхьауэ аращ икIи Гуэщокъуэмрэ Абазэмрэ зэгъусэу зы тайм иримыкъу ирагъэкIуэкIауэ аращ. Абы щыгъуэми къапэщIэта Владикавказ къикIахэм Осетие Ищхъэрэм къыщалъхуауэ футболистибгъу (!) джэгупIэ губгъуэм кърагъэхьащ. ЗэрыжаIэщи, шурэ лъэсрэ ди зэхуакущ. Хомич Дмитрий (№1) нэхъапэм ди гъуэр ихъумащ. Осетинхэм мы зэIущIэр нэхъыфIу ирагъэкIуэкIащ. Нэрылъагъут ахэр текIуэныгъэм нэхъ зэрыхуэпабгъэр, Iэзагърэ зэфIэкIрэ зэраIэр. Ящыгъупщэжауэ къыщIэкIынукъым мазитI и пэкIэ премьер-лигэм зэрыхэтар. Хэгъэрейхэми ящIэжырт я стадионым зэрыщыджэгур икIи ипэкIэ кIуэтэн зэрыхуейр. ЗэIущIэм еплъыну къэкIуа цIыху минитI-щым ахэр трагъэгушхуэну яужь итт. Дапхуэдэу щытми, джэгум и япэ Iыхьэм командэхэм бжыгъэр къахузэIухакъым. Загъэпсэхуу къихьэжа иужькIэщ Iуэхур хьэлэмэт щыхъуар: дакъикъэ зытхухым къриубыдэу лъэныкъуэхэр топ зырызкIэ зэхъуэжащ. Джэгум къыхыхьагъащIэ Некэ хьэщIэхэр япэ иригъэщыну хузэфIэкIащ. АрщхьэкIэ владикавказдэсхэр дагъэкIа топым ирикъуу щыгуфIыкIыну ди щIалэхэм Iэмал иратакъым. Руа Карлос «Алания»-м и штрафнойм пэмыжыжьэу и хьэрхуэрэгъу зытIущым щаIэщIэкIри, лъэщу гъуэм еуащ. Нэхъапэм ди гъуащхьэтету щыта Хомич Дмитрий абы пэлъэщакъым. Псалъэм къыдэкIуэу къыхэдгъэщынщи, «Спартак-Налшыкым» и гъуэр мы зэIущIэм щызыхъума Цыган Николай илъэс зытIущ и пэкIэ «Алания»-м щыджэгуащ. Бжыгъэр зэхуэдэ зэрыхъужам хэгъэрейхэр нэхъ арэзы къищIауэ къыпщыхъурт. ХьэщIэхэр хущIэкъурт текIуэныгъэр зыIэрагъэхьэну. АрщхьэкIэ абы папщIэ Iэмал куэд къахукъуэкIакъым. Арати, зэрытемыгъэкIуауэ, 1:1-уэ, зэIущIэр иухащ, лъэныкъуитIми очко тIурытI яфIэкIуэдарэ зырыз я Iэрылъхьэу. Япэ дивизионым щекIуэкI зэхьэзэхуэр мы гъэм хуабжьу удэзыхьэх ищIащ Тулэ и «Арсенал»-р къызэрыхыхьам. Футболист цIэрыIуэ Аленичев Дмитрий и унафэм щIэт гупым и джэгукIэр куэдым яфIэтелъыджэщ. ЖыпIэну ирикъунщ, етIуанэ дивизионым къыхэкIагъащIэ тулэдэсхэм я япэ зэIущIиплIри я текIуэныгъэкIэ зэриухар икIи пашэныгъэр быдэу зэраубыдар. Иужьу «Арсенал»-м и стадионым бжыгъэшхуэкIэ щыхигъэщIащ япэ дивизионым блэкIа и зэхьэзэхуэм еплIанэ увыпIэр щиубыду премьер-лигэм щIэбэна Хабаровск и «СКА-Энергия»-р. Абы и гъуащхьауэ, иджыри къэс куэдым ямыцIыхуа Кутьин Александр пэщIэдзэ джэгугъуиплIым топи 8 щыдигъэкIащ. А псори хуабжьу узыIэпызышэщ. Хьэлэмэтщ адэкIэ къэхъум укIэлъыплъыну. АдэкIэ фыщыдгъэгъуэзэнщ япэ дивизионым хэт командэхэм иужьу ирагъэкIуэкIа зэIущIэхэм къарикIуа бжыгъэхэм: «Мордовия» (Саранск) — «Енисей» (Красноярск) — 3:0, «Динамо» (Санкт-Петербург) — «Сибирь» (Новосибирск) — 1:0, «Луч-Энергия» (Владивосток) — «Уфа» (Уфа) — 1:0, «Салют» (Белгород) — «Химик» (Дзержинск) — 0:0, «Ротор» (Волгоград) — «Шинник» (Ярославль) — 2:0, «Арсенал» (Тулэ) — «СКА-Энергия» (Хабаровск) — 5:1, «Торпедо» (Мэзкуу) — «Газовик» (Оренбург) — 0:2, «Балтика» (Калининград) — «Ангушт» (Нэзрэн) — 1:0. Бадзэуэгъуэм и 28-м къыкIэлъыкIуэ джэгугъуэр «Спартак-Налшыкым» иригъэкIуэкIынущ. А махуэм ди щIалэхэр Новосибирск къалэм щIыпIэ «Сибирь»-м щыIущIэнущ. Жыласэ Заурбэч.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30152.txt" }
Къумыкъу Виктор и зи чэзу лъагапIэ Илъэс зыбжанэ хъуауэ Азие Курытым и футбол командэхэм ехъулIэны-гъэкIэ ядэлажьэ ди лъахэгъу Къумыкъу Виктор и зи чэзу лъагапIэр къищтащ — иджыри къэс зэи къэмыхъуауэ, Чемпионхэм я лигэм къызэрыхах япэ Iыхьэр абы и гъэсэн Караганда и «Шахтёр»-м къызэринэкIащ. Курыт зэфIэкI фIэкIа Къэзахъстаным щызимыIэу щыта Караганда и «Шахтёр»-р нэхъапэм Налшык и «Спартак»-м щыджэгуа икIи и тренер нэхъыщхьэу щыта Къумыкъу Виктор зэман кIэщIым къриубыдэу пашэ ищIащ. Зэи къэмыхъуауэ 2011 гъэм ар къэралым и чемпион хъуащ, нэгъабэ а ехъулIэныгъэ иным къытригъэзэжащ. Арати, адыгэ щIалэм и гъэсэнхэм европэпсо утыку ихьэну Iэмал ягъуэтащ. 2012 гъэм Чемпионхэм я лигэм хэтынухэр къызэрыхах зэхьэзэхуэм и япэ Iыхьэм фIэкIыфакъым. ЗакъригъэщIащ апхуэдэ Iэзагъ иджыри зэрабгъэдэмылъым. Иджыблагъэ щIэзыдза зэхьэзэхуэм «Шахтёр»-м и цIэр фIыкIэ щыжригъэIащ. Абы япэу хьэрхуэрэгъу къыхуэхъуа Белоруссием и «БАТЭ» командэм илъэситI и пэкIэ Европэр зэригъэплъыжауэ щытащ, Мюнхен и «Бавария»-р и стадионым щыхигъащIэри. ГурыIуэгъуэт ар ныкъуэкъуэгъу лъэщу зэрыщытыр. АрщхьэкIэ Къумыкъум и гъэсэнхэр абы къигъэдзыхакъым икIи Чемпионхэм я лигэм къызэрыхах и етIуанэ Iыхьэм хыхьэ зэIущIитIми «БАТЭ»-р бжыгъэ зэщхьэкIэ, 1:0-у, щыхагъащIэри адэкIэ кIуэтащ. КъыкIэлъыкIуэу «Шахтёр»-м хьэрхуэрэгъу къыхуэхъуащ Баку и «Нефтчи»-м ефIэкIа Албанием и «Скендербеу» командэр. Шэч хэлъкъым адыгэ щIалэм и гъэсэнхэр абыи зэрыпэлъэщынум. Къэхъун Бэч.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30156.txt" }
Куэд дыдэм егъэпIейтей Иджыблагъэ Налшык щызэхэтащ КъБР-м ЦIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министерствэм деж щыIэ Жылагъуэ советым и зэIущIэ. Советым и Iэтащхьэ, ЕгъэджакIуэхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ институтым и унафэщI Емуз Нинэ къыхигъэщащ, ди республикэм лъэныкъуэ куэдкIэ ехъулIэныгъэфIхэр иIэ пэтми, зэфIэха мыхъуауэ районхэм Iуэху зэмылIэужьыгъуэхэр зэрыщыIэр, ахэр гъэзэкIуэжын папщIэ, къуажэдэсхэр жылагъуэ гъащIэм нэхъ жыджэру къыхэшэн зэрыхуейр. А щхьэусыгъуэм къыхэкIыу, Жылагъуэ советым и лэжьыгъэр нэхъыбэу районхэм яхуэунэтIауэ щытынущ. Абыхэм я мызакъуэу, щIыналъэхэм ядэлэжьапхъэщ республикэм щызэхэт жылагъуэ зэгухьэныгъэхэри, ахэр 820-рэ мэхъу. Советым хэтхэм къызэралъытэмкIэ, гулъытэ щхьэхуэ хуэщIын хуейщ хъыбарегъащIэ IэнатIэм, жылагъуэ зэщIэхъееныгъэхэм, лъэпкъ, дин зэгурыIуэныгъэм ягъуэт зыужьыныгъэм. Мис а Iуэхугъуэхэм къыкIэлъыкIуэ зэIущIэхэм щытепсэлъыхьынущ Дзэлыкъуэ, Тэрч районхэм. ХъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэм я зыужьыныгъэм ехьэлIа зэIущIэр дызэрыт илъэсым и фокIадэ мазэм ирагъэкIуэкIынущ. «КъэтIэт псалъэмакъхэр зэпсэлъэныгъэ жыпхъэм иту, хабзэм тету едгъэкIуэкIыпхъэщ. Ди лэжьыгъэм и къалэн нэхъыщхьэр республикэм и унафэщIхэмрэ цIыхубэмрэ яку дэлъ зэхэщIыкIымрэ зэгурыIуэныгъэмрэ егъэфIэкIуэнырщ», — жиIащ цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ министр Къумахуэ Мухьэдин. «Я унэтIыныгъэ елъытауэ, IуэхущIапIэ щхьэхуэхэр къыддэIэпыкъуурэ, дызыгъэпIейтей, кIуэтэхукIэ зызыубгъу терроризмэм, экстремизмэм дызэрыпэщIэтын Iэмалхэр дгъэбелджылын хуейщ, — къыхилъ-хьащ «Къэбэрдей-Балъкъэрым и граждан зэгухьэныгъэ» жылагъуэ IуэхущIапIэм и Iэтащхьэ Тэн Тимур. — IуэхущIапIэхэм я лэжьыгъэр къыщытпщытэкIэ, къэрал программэхэм къари-кIуахэр къыщызэщIэткъуэжкIэ, блэдмыгъэкIIауэ, губзыгъэу псори къэтлъытэн хуейщ». Узыгъэгузавэхэм ящыщщ къыдэкIуэтей щIэблэр, псом хуэмыдэу илъэс 12-м щегъэжьауэ 17 ныбжьым итхэр. Я быным хуэфащэ гулъытэ хуащIыну адэ-анэр зэрыхущIэмыхьэм, ныбжьыщIэхэм я зэманыр сэбэпынагъ зыпылъ IуэхукIэ зэрамыгъэнщIыфым къыхокI ахэр щIэпхъаджагъэм дихьэх зэрыхъур. ЗэIущIэм хэтахэм ягъэбелджылащ мы гъэм зэлэжьыну я мурадхэр, унэтIыныгъэ зэхуэмыдэхэр зи нэIэ щIэтыну комиссэхэр къызэрагъэпэщащ. Абы ящыщщ хъыбарегъащIэ IэнатIэм зегъэужьыныр, дин, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм я зэпыщIэныгъэхэр гъэбыдэныр, жылагъуэм и унафэ ищIыжыф хъуным зегъэужьыныр. Пщыгъуэш Iэсият.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30160.txt" }
ЛъапIэщ дэтхэнэ сабийри «Урысейм и дежкIэ дэтхэнэ сабийри лъа-пIэщ» федеральнэ проектым ипкъ иткIэ, «Урысей зэкъуэт» политикэ партым жэрдэм ищIри, Бахъсэн къалэ округым Iуэху зыбжанэ къыщаIэтащ жылагъуэм, хьэрычэтыщIэхэм, IуэхущIапIэхэм сабий зеиншэхэмрэ адэ-анэм я нэIэ щIэмытыжу къэнахэмрэ гулъытэ нэхъыбэ хурагъэщIыным ехьэлIауэ. «Бахъсэндэсхэм хабзэ яхуэхъуауэ, республикэм щыIэ сабий унэхэм, школ-интернатхэм макIуэ», — жиIащ Бахъсэн район администрацэм балигъыпIэ имыувахэм лей къатемыгъэхьэнымкIэ и комиссэм и унафэщI Хэжь Заур. Апхуэдэу комиссэм хэтхэр, ЕгъэджэныгъэмкIэ департаментымрэ «Галактика» IуэхущIапIэмрэ я лэжьакIуэхэр щыIащ Кременчуг-Константиновкэ дэт школ-интернатым. Сабийхэм IэфIыкIэхэр хуашащ, акъылым зезыгъэужь зэрыджэгу хьэпшыпхэмкIэ, таурыхъ зэмылIэужьыгъуэхэр зытет дискхэмкIэ, спорт хьэпшыпхэмкIэ ягъэгу- фIащ. ХьэщIэхэм зрагъэлъэгъуащ сабийхэр щыджэгу, щыжей пэшхэр, ныбжьыщIэхэр зэреджэр, спортымкIэ яIэ ехъулIэныгъэхэр зрагъэщIащ. Школ-интернатым и унафэ-щIым и къуэдзэ Чернобай Аллэ хьэщIэхэр щигъэгъуэзащ пэшхэр иджыблагъэ къызыхуэтыншэу зэрызэрагъэпэщыжам, сабийхэр фIыуэ зэрагъашхэм, къищынэмыщIауэ, макъамэ, къафэ, гъуазджэ зэмылIэужьыгъуэхэм теухуа дерсхэр зэрыдрагъэкIуэкIым. ТыIэщ Элинэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30162.txt" }
Дызэрекэр урысыбзэс, и бзэр сыту ссын… Апхуэдэ псэлъэкIэ зиIэ Лютцев Р. хуэдэхэр куэд щIащ ди литературэм ауан зэрищIрэ «Адыгэ псалъэ» газетым и хьэщIэщым иджыблагъэ зэIущIэ щекIуэкIащ, усакIуэ, егъэджакIуэ Щоджэн Леонид и жэрдэмкIэ. Абы кърихьэлIат Дунейпсо Адыгэ Хасэм и гъэзэщIакIуэ гупым хэт, «АС-кредит» IуэхущIапIэр къызэзыгъэпэщахэм я советым и унафэщI, юридическэ щIэныгъэхэм я кандидат ГубэщIыкI Владимир, КъБР-м Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым бзэ щIэныгъэхэмкIэ и къудамэм и унафэщI БищIо Борис, а институтым и щIэныгъэ лэжьакIуэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и корреспондент Хъуажь Фахъри сымэ. ЗэIущIэр езыгъэкIуэкIар «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэ Ширдий Маринэщ. - Ди нэхъыжьыфIхэр фыкъызытекIухьар «О факторах, титулах и языках…» фIащауэ «Кабардино-Балкарская правда» газетым и зи чэзу къыдэкIыгъуэ гуэрым традза тхыгъэращ. Абы щымыгъуазэхэм папщIэ ар зытеухуам кIэщIу сыкъытеувыIэнщ, — жиIащ Маринэ. — Тхыгъэр зи IэдакъэщIэкI Лютцев Р. адыгэбзэм и мыхьэнэм теухуа гупсысэхэмкIэ газетеджэхэм ядогуашэ. Абы зэритхымкIэ, блэкIа лIэщIыгъуэм и 20 — 30 гъэхэм ди тхыбзэм, щэнхабзэм, щIэныгъэм, лъэпкъ интеллигенцэм зэрызаужьар а гъэхэм ди щIыпIэм бжыгъэншэу къакIуэурэ къитIысхьа урыс лъэпкъым къыхэкIа IэщIагъэлIхэм я фIыгъэщ. Додэ, ауэ абы зыри гъэщIэгъуэну хэлъкъым, а зэманым къэралым щекIуэкIа Iуэхугъуэхэм ятепщIыхьмэ. Дызэрыщыгъуазэщи, къэралыгъуэм зэрихьэ фIэщыгъэцIэр къызытехъукIа лъэпкъым «титульнэ» лъэпкъкIэ йоджэ. Зи гугъу тщIы Лютцевым зэритхымкIэ, уи лъэпкъыр хэпIэтыкIыну ухущIэкъукIэ, абы зыри къикIыркъым. Зэгуэр хамэ къэрал укъыщыхутакъэ, — узыщыщ лъэпкъыр зыми фIэгъэщIэгъуэнынукъым. Абы къызэрилъытэмкIэ, цIыхум и гъащIэр зытриухуэн хуейр и фейдэ къызыхэкIынурщ. «Иджырей экономикэм щекIуэкI зэхущытыкIэщIэхэм увыпIэ щагъуэтынукъым лъэпкъыбзэмрэ щэнхабзэмрэ», — етх Лютцевым. Абы зэригугъэмкIэ, адыгэбзэр Iэмал имыIэу школым щаджын хуей дерсхэм яхэ-гъэхьэн хуейкъым, абы и джыныр сабийр хуей-хуэмейм тещIыхьыпхъэщ, уеблэмэ факультативым хуагъакIуэми едэ. Абы жеIэ зэрыпсэун къилэжьын щхьэкIэ, адыгэбзэм зэи зэрыхуэмыныкъуар, ауэ щыхъукIи, къызэрыщIэкIымкIэ, адыгэ усыгъэр фIыуэ елъагъу, адыгэбзэм, литературэм, ди лъэпкъ хабзэм нэгъуэщI лъэпкъхэр дихьэхыу, цIэрыIуэу щигъэтынущ. Лютцевым и гупсысэр гурыIуэгъуэкъым, уеблэмэ хузэкIэлъыгъакIуэркъым, армыхъумэ, абы фIыуэ илъагъуу жыхуиIэ поэзиер къэзыгъэщIынур хэт, зыри адыгэбзэ емы джэнумэ? Акъылрэ гупсысэрэ зыхэмылъ тхыгъэм дытемыпсэлъыхьамэ хъунут, ауэ адыгэбзэр я быным трамыгъэхьэлъэну, ар лейуэ къэзылъытэ адэ-анэхэр Лютцев Р. жиIэмкIэ зэреуэкIынум шэч хэлъкъым. Уеблэмэ, «Парламентымрэ Правительствэмрэ къыдагъэкI газетым ар щытридзакIэ, къэралри апхуэдэу къыщIэкIынщ мы Iуэхум зэреплъыр», жызыIэни щыIэщи, Леонид, адыгэбзэр щIэблэм яджын-ямыджыным, зэраджыну щIыкIэм теухуауэ сыт жыпIэнт? А псалъэмакъым ди лъэпкъыр хагъэкIыркъым. Уэ фIы дыдэу ущыгъуазэщ а псоми. Щоджэн Леонид: — Cэ илъэс 50-м нэскIэ егъэджэныгъэ IэнатIэм сыпэрытащ. А зэманым къриубыдэу ди щIэныгъэм, егъэджэкIэм куэду зихъуэжащ. Иджырей щIэблэр зыщымыгъуазэ гуэр ди тхыдэм хэтащи, ар ягу къэзгъэкIыжыну сыхуейщ. БлэкIа лIэщIыгъуэм и 60 гъэхэм бзэхэм ятеухуауэ политикэ щхьэхуэ щыIащ. Абы къигъэувырт псори зы бзэм — урысыбзэм — хуэкIуэн хуейуэ. А зэманым адыгэбзэ школ щыIахэр зэтракъутэжащ. Сигу къокIыж зы Iуэхугъуэ. ЕгъэджэныгъэмкIэ зэхуэс екIуэкIыу абы къыщыпсэлъа къулыкъущIэ гуэрым къыхилъхьащ пэщIэдзэ классхэм къыщыщIэдзауэ дерсхэр псори урысыбзэкIэ егъэджын хуейуэ. Ар къащтащ, адэкIэ къэхъуар сыт? Урысыбзэ зымыщIэ сабийхэр бзэ ямыцIыхум игъэшынэрт, гъыи яхэтт. Апхуэдэ щIыкIэкIэ щIэныгъэ пхуетын щIэблэм? Ар щыслъагъум, КПСС-м и ЦК-м, «Учительская газета»-м тхыгъэкIэ захуэзгъэзащ, Iуэхур зытетыр къыщызгъэлъагъуэу. Си тхыгъэр къытрадзэным и пIэкIэ, ди обкомым кърагъэхьыжащ. Парт лэжьакIуэ къысхуэкIуэри къызэхъурджэуат, си мыIуэху зесхуэу жиIэри. Дауэ мыхъуми, 1961 гъэм щIадзэри, зэтракъутащ пэщIэдзэ классхэр адыгэбзэкIэ ирагъаджэу зэрыщытар. ДызыгъэпIейтея тхыгъэмкIэ къэзгъэзэжынщи, ар зи IэдакъэщIэкIым зэригугъэм хуэдэу бзэм уегупсысыныр къекIуркъым: «Сэ сызыгъашхэр урысыбзэмрэ инджылызыбзэмрэщ, адрейр сыту сщIын?» — жыпIэу. ЦIыхур псэущхьэхэм къазэрыщхьэщыкI нэщэнэхэм ящыщщ и бзэр, гупсысэр. АтIэ ди ныбэм фIэкIа анэдэлъхубзэри, щэнхабзэри, гъуазджэри, литературэри — зыри къытфIэмыIуэхужу дыпсэуным дыхуэкIуэн хуейуэ ара? Ди щIэблэр щытхъумэн хуейщ апхуэдэ гупсысэкIэм. Адыгэр зэрылъэпкъыжьыр тхылъ еджэм ещIэ. ЖытIэращи, лъэпкъыр зыгъэлъэпкъыу щыIэхэр хъумэн хуейщ. Бзэр абыхэм я щхьэжщ. Ширдий Маринэ: — Абы папщIэ Iэмал имыIэу зэфIэхын хуей Iуэхугъуэхэм нэхъ пыухыкIауэ и гугъу дывгъэщIыт. БищIо Борис: — Япэрауэ, сыарэзыкъым, уеблэмэ срибийуэ сыкъэувынущ адыгэбзэр джыныр факультативым хуэгъэкIуэжын хуейщ жызыIэм. Делагъэщ, адыгэбзэр яджмэ, адрей щIэныгъэхэм къыкIэрыхуну къэплъытэныр. Къалэдэс сабийм и бзэр фIэмыкIуэдын папщIэ, сызэреплъымкIэ, сабий садым адыгэбзэр щыIэн хуейщ. Унагъуэм анэдэлъхубзэр къыщищIауэ сабий садым къашар нэхъыбэм урысыбзэм тохьэ. СызэрыщыгъуазэмкIэ, тхьэмахуэм тIэунейрэ дакъикъэ 20 щыхухах адыгэбзэм сабий садхэм. Ар икъукIэ мащIэщ. Илъэси 3-6 ныбжьым ит сабийм бзэр къегъэщтэным мылъку нэхъыбэ трагъэкIуадэтэмэ, абы теухуауэ школхэм щекIуэкI лэжьыгъэр нэхъ тынш хъунут. Аращи, Iуэхур а лъэныкъуэмкIэ нэхъри тегъэчыныхьын хуейщ. Ди курыт еджапIэхэм щадж сыхьэт бжыгъэхэр щагуэшкIэ дерсхэр псори ирикъуу ирагъэува нэужь, къыдэхуа сыхьэт бжыгъэр адыгэбзэмрэ балъкъэрыбзэмрэ ирату аращ. Тхьэмахуэм сыхьэтитI-щыкIэ ебгъаджэкIэ сабийр адыгэбзэм хуэшэрыуэ пхуэщIынукъым, литературэри, хабзэри, IуэрыIуатэри къызэрызэщIумыубыдэфынум и гугъу умыщIыххи. Шэч хэмылъу, адыгэбзэ дерсхэр нэхъыбэ щIын хуейщ. КъищынэмыщIауэ, сызэреплъымкIэ, гуманитар дерсхэм ящыщу зы хэубыдыкIауэ адыгэбзэкIэ егъэджын хуейщ. Хъуажь Фахъри: — Сэри си япэкIэ къэпсэлъахэм я гупсысэхэр ядызоIыгъри, акъылэгъу садэхъуркъым анэдэлъхубзэкIэ егъэджэныр зэран хъууэ жызыIэхэм. Зи гугъу тщIы тхыгъэр зейм зэригугъэм хуэдэу сабийм хуей-хуэмейкIэ къыхебгъэх хъунукъым анэдэлъхубзэ дерсхэр. Ар зыхуейри зыхуэмейри а ныбжьым итым къыгурыIуэркъым. Апхуэдэу букъуэдиймэ, иджырей еджакIуэхэм ящыщ куэдыр компьютерымрэ интернетымрэ фIэкIа зы дерси хуеинтэкъым. КъызгурыIуэркъым: сыт къызыхэкIыр ди адэжьхэм къа-щIэна бзэмрэ IуэрыIуатэмрэ, лъэпкъ хабзэмрэ щэнхабзэмрэ къытфIэмыIуэхуныр? ПцIы хэмылъу, дэнэкIэ щыIэ адыгэми плъапIэу яIэр я хэкужьращ. Ди зэманым и чэзууэ къызолъытэ Дуней-псо, Къэбэрдей Адыгэ Хасэхэр зэгурыIуэу бзэм теухуауэ зэхуэсышхуэ ящIыну. УФ-м хыхьэ республикэхэм я нэщэнэ нэхъыщхьэу щыIэр бзэращ. А нэщэнэр щымыIэжмэ, лъэпкъым и цIэри къраIуэжынукъым. Анэдэлъхубзэр щхьэгъэпсщ. Адыгэбзэ зыщIэм нэгъуэщIыбзэхэри нэхъыфIу къызэрищтэм и щапхъэ къэсхьынщ. Сэ еджапIэ сыщыщIэтIысхьам тыркубзэ сщIэртэкъым, ауэ пэщIэдзэ классхэр къыщызухым тыркубзэр фIы дыдэу зэзгъэщIат. Дин еджапIэм сыщIэтIысхьэри, абы персыбзэ, хьэрыпыб- зэ дагъэджу щIадзащ. Си еджэгъухэр, тыркубзэ фIэкIа зымыщIэхэр, гугъу ехьырт, ауэ сэ адыгэбзэр сщIэрти, адрей бзэхэр нэхъ тыншу къэсщтащ, сыту жыпIэмэ ди бзэм макъ хэтхэр хуэкIуэрт а бзэхэм. ЖысIэнуращи, адыгэбзэм и къулеягъыр сэбэп мэхъу хамэбзэ щыбджкIэ. Щоджэн Леонид: — ГубэщIыкI Владимир и акъылэгъу гуп дэщIыгъуу илъэсрэ ныкъуэкIэ зэлэжьа, лъэпкъыбзэхэм ятеухуа законыр экспертизэу щыIэм пхагъэкIри, зыхуей хуэзауэ 1997 гъэм къыдэкIащ. Законым и пщIэр и гъэзэщIэкIэм елъытащ, — жаIэ. Абы лъандэрэ зэхъуэкIыныгъэ куэд халъхьащ а Законым. Сыт и лъэныкъуэкIи нэхъыкIэ ящIащ, зэран хъуа фIэкIа езыгъэфIэкIуэн халъхьакъым. Аращи, а Законми къытедмыгъэзэжу хъуну къыщIэкIынкъым. ГубэщIыкI Владимир: — Псалъэмакъ куэд къокIуэкI бзэм ехьэлIауэ. Нэ-хъыщхьэу лэжьыпхъэхэм ящыщщ Бзэм теухуа Законыр гъэлэжьэным яужь дитыныр. ИщхьэкIэ зи гугъу тщIа Законым ди бзэр тхъумэжын папщIэ длэжьыпхъэхэр псори къызэщIеубыдэ. Къэнэжар — абыкIэ убзыхуа хъуар гъэзэщIэнырщ. Ди гуапэ хъуащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Хьэсанэ Руслан и жэрдэмкIэ иджыблагъэ бзэм теухуа зэIущIэ зэрекIуэкIар. Быдэу дыщогугъ абы дызыщыгуфIыкIын Iуэху кърикIуэну. ДызыгъэпIейтея тхыгъэм сыкъытеувыIэмэ, цIыхухэм я Iуэху еплъыкIэ къаIуэтэну хуитыныгъэ щыIэ зэрыхъуар хъарзынэщ, ауэ лъэпкъ псом и бзэм нэмыплъ хуэпщIыныр демократие жыхуаIэм къезэгъыркъым. Бзэр хъумэным, зегъэужьыным зэран хуэхъуну псалъэ птхыныр шынагъуэщ бзэм и дежкIэ. Щапхъэу къэсхьынщи, нэмыцэхэм Хабзэ къащтащ зы цIыхуипщI нэхъ мыхъуми, нэмыцэбзэ яджыну хуеймэ, ахэр я бзэм хурагъэджэну. Адыгэр дымащIэкъым. Дуней псом лъэпкъыу тетыр къапщтэмэ, цIыху бжыгъэкIэ адыгэхэр 50-нэ увыпIэм щытщ. АтIэ дэ ди анэдэлъхубзэр щIэблэм яджын зэрыхуейм шэч къытезыхьэ щхьэ щыIэххэ? Ширдий Маринэ: — ФIыщIэ фхузощI фызыгъэпIейтей Iуэхугъуэм фыкъызэрытекIухьам папщIэ. Сэри хуит сыкъэфщIмэ, кIэщIу и гугъу сщIынут КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Хьэсанэ Руслан и жэрдэмкIэ екIуэкIа зэIущIэм къыщыпсэлъахэм нэхъыщхьэу зытрагъэщIам. Адыгэбзэ дерсхэм я бжыгъэр зэрымащIэм теухуауэ гуныкъуэгъуэ щыIэщ. Абы дызыхуишэращи, дерсым фэ ираплъыркъым, еджэми- емыджэми хъуну къащохъу. Бзэр зымыгъэшэрыуэ щIэблэм тхакIуэ, усакIуэ, драматург, IуэрыIуатэмрэ тхыдэмрэ зыдж, журналист IэкIуэлъакIуэ къахэкIынукъым. Абы и нэщэнэхэри тлъагъу хъуагъэххэщ. ПэщIэдзэ классхэр адыгэбзэм хуэкIуэжыныр мы Iуэхум дыкъыхэзышыфын Iэмалхэм я нэхъыщхьэу зэрыщытым и телъхьэхэм сэри сащыщщ. Зэрырагъэджэну тхылъхэмрэ езыгъэджэнухэмрэ умыгъэхьэзырауэ а Iуэхум яужь уихьэмэ, «жытIатэкъэ ар зэрымыхъунур», — жаIэнурэ, Iуэхур лъэлъэжынущ. Ари ди нэгу щIэкIагъэххэщи, сыт и лъэныкъуэкIи ухуэхьэзырмэщ мыбы яужь ущихьэн хуейр. ЗэIущIэм хэтахэм жаIащ ди университетым адыгэ, урыс, балъкъэр литературэмрэ бзэмкIэ егъэджакIуэхэр ягъэхьэзырыныр зэрыщигъэтар зэранышхуэ зэрыхъуар. Адыгэбзэ, балъкъэрыбзэ «къудеймкIэ» егъэджакIуэу университетыр къаухыныр яфIэмащIэщи, мы отделенэхэм щIалэгъуалэр яхуэкIуэжыркъым. НэгъуэщI щIыналъэхэм абы и хэкIыпIэу къагъэсэбэп Iэмалым щапхъэ тетх хъунущ. Анэдэлъхубзэмрэ зы хамэбзэрэ зэгъусэу ирагъэджыным, псалъэм папщIэ, щыхуэкIуащ Осетие Ищхъэрэ, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм. БзитI-щым хуэIэкIуэлъакIуэ егъэджакIуэм щIэупщIэ зэриIэнур хьэкъщи, щIалэгъуалэр а къудамэхэм ще-джэну кIуэнущ, ари зэхьэр- хуэрэгъухэм нэхъыфIхэр къахэпхыну Iэмал уиIэу. Иджы зэрыхъуаращи, адыгэбзэмрэ литературэмкIэ отделенэм зыгуэр кIуэххэмэ, ар къащтэу аращ. Апхуэдэу екIуэкIмэ, дэнэ егъэджакIуэфIхэр къыздикIынур? Унафэ зыгъуэтын хуей Iуэхухэм ящыщщ терминхэмкIэ комиссэ ди Правительствэм къызэригъэпэщыныр. Куэдым ягу къипсэлъыкIыу, ХьэфIыцIэ Мухьэмэд зэIущIэм щыжиIащ адыгэ къуажэхэм япэм яIа цIэхэр фIащыжын зэрыхуейр. А Iуэхур кърагъажьэри, Хьэтуей, Анзорей, Дыгулыбгъуей, нэгъуэщIхэри «къэунэхужащ», ауэ къэнащ адыгэбзэм къыхэпIиикIхэр, псалъэм папщIэ, Старэ Шэрэдж жыпIэу дауэ птхын хуей, ди бзэмрэ ди тхыдэмрэ пщIэ гуэр хуэтщIмэ. КIэщI зезгъэщIынщи, Правительствэм ди лъэпкъ интеллигенцэм и псалъэ щызэхахауэ къытщыхъуауэ дыкъызэбгрыкIыжащи, Iуэхум кърикIуэнIауэ дыщогугъ. Иджы Лютцев Р. щхьэкIэ урысыбзэкIэ тездзэнут (адыгэбзэр сыту тщIын?) анэдэлъхубзэхэр хъумэн зэрыхуейм теухуауэ ди къэралым и унафэщIхэм жаIэр. Ар нэхъ къапкърыхьэну пIэрэ? Путин Владимир: «Для России — с её многообразием языков, традиций, этносов и культур — национальный вопрос, без всякого преувеличения, носит фундаментальный характер» 2011г. Медведев Дмитрий: «Общество лишь тогда способно ставить и решать масштабные национальные задачи, когда у него есть общая система нравственных ориентиров, когда в стране хранят уважение к родному языку, к самобытной культуре и культурным ценностям, к памяти своих предков, к каждой странице нашей отечественной истории. Именно это национальное богатство является базой для укрепления единства и суверенитета страны, служит основой нашей повседневной жизни, фундаментом для экономических и политических отношений» 2010г. Зытхыжар ЩОДЖэн Iэминатщ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30164.txt" }
Курыт еджапIэм хуагъэхьэзыр Сабий творчествэмкIэ республикэ унэм щолажьэ гъэсапIэм кIуэ ныбжьым ит, ауэ щхьэусыгъуэ зэхуэмыдэхэмкIэ абы емыкIуалIэхэр курыт еджапIэм щыхуагъэхьэзыр школ. ЯпэщIыкIэ ар 1997 гъэм IуэхущIапIэм и щIэныгъэхутэ къудамэм хэту къызэIуахащ. Илъэситху, хы хъухэм папщIэ гупитIу ирагъэжьащ. АрщхьэкIэ, сабийхэр куэду яшэ щыхъум, 2008 гъэм къудамэ щхьэхуэ хъуащ. Иужьрей илъэситIыр къапщтэмэ, школым гуп 18 иIэщ. Илъэситху хъухэм я гупу — 8, илъэсих хъууэ гупи 10 яIэщ. НэхъыщIэхэм я гупхэм сабий 15-м нэблагъэ, нэхъыжьхэм ейм 20-м нэс йокIуалIэ. Псори зэхэту 300-м щIегъу. Сабийхэр хагъэгъуазэ есэпым (математикэм), инджылызыбзэм, урыс литературэм, щIыуэпсыр хъумэным, психологием, сурэт щIыным. ЦIыкIухэр тхьэмахуэм къриубыдэу махуищ йоджэ. Махуэм яIэ дерсиплIыр сыхьэтитIрэ дакъикъипщIкIэ йокIуэкI. Абыхэм ядэлажьэ егъэджакIуэхэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ яIэщ, я IэщIагъэм фIыуэ хащIыкI. — Ди деж къашагъащIэ сабийхэр мащIэу зэрыIэнкуным гу лъыптэми, гъэ еджэгъуэм и кIэм школым хуэхьэзырщ. Курыт еджапIэм щIэтIысхьа нэужь, дерсыр, уэзджынэр, гупыр, оценкэр зищIысыр ящIэу апхуэдэщ. Уеблэмэ ди гъэсэнхэр школым дэнэ щыхуагъэхьэзырами, я егъэджакIуэхэр щыщIэупщIэ щыIэщ. Ди школым и хъыбарыфI республикэм щыIуащ. Налшыки республикэм и къуажэхэми щыщ сабийхэр ди куэдщ. Гъэ къэс ди гъэсэнхэм я бжыгъэм зэрыхэхъуэр гуапэщ, — жеIэ курыт еджапIэм щыхуагъэхьэзыр школым и унафэщI Гугъуэтыж Маритэ. «ДызэрывгъэцIыху», «Бжьыхьэ дыщафэ», «Бжыгъэмрэ хьэрфымрэ я махуэшхуэ» зэхыхьэхэр ирагъэкIуэкI. Гъэ еджэгъуэр и кIэм щынэблагъэкIэ, цIыкIухэм я иужьрей уэзджынэр гукъинэжу къыхузэрагъэпэщ. Республикэм щыIэ сабий гъэсапIэхэр псоми зэрахуримыкъур, нэхъыбэм чэзур къазэрылъымысыр къэплъытэмэ, Сабий творчествэмкIэ унэм лэжьыгъэ щхьэпэ зэрызэфIигъэкIым шэч хэлъкъым. ТЕКIУЖЬ Заретэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30168.txt" }
ЗыхузэфIэмыкIхэм ядоIэпыкъу Хэку зауэшхуэм хэта Джатэжьокъуэ Борис и фызабэ Джатэжьокъуэ Тамарэ иратащ унэ къызэрищэхун е зэрищIын субсидие къызэрыратынум и щыхьэт тхылъыр. Республикэ мылъкум къыхэкIа сом 957 600 хъу субсидиер зыхухахам мазибгъум и кIуэцIкIэ къигъэсэбэпын хуейщ. Джатэжьокъуэ Тамарэ нэмыщI, апхуэдэ дэфтэр иратащ дзэлыкъуэдэс 34-м. Абыхэм ахъшэр къаIэрыхьэри, унэ лъапсэ зэрагъэпэщащ. Хэку зауэшхуэм и ветеранхэр, абы ныкъуэдыкъуэ щыхъуахэр, дунейм ехыжа ветеранхэм я унагъуэхэр лъапсэкIэ къызэгъэпэщыным иужь итщ республикэ Правительствэр, федеральнэ, щIыналъэ унафэхэр игъэзащIэу. Апхуэдэу КъБР-м Лэжьыгъэмрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм 2012 гъэм унагъуэ 36-м ахъшэ яритащ, унэ къращэхуну е яIэхэр зыхуей хуагъэзэну. Джатэжьокъуэ Тамарэ илъэс 40-м щIигъукIэ щэнхабзэ IэнатIэ пэрытащ — куейм и библиотекэ нэхъыщхьэм щылэжьащ. Абы и гуащIэрэ и зэманрэ тригъэкIуэдащ я куейм щыщу Хэкур зыхъумахэм я щIыхьыр къэIэтыным. Иджыпсту Дзэлыкъуэкъуажэ дэт библиотекэм щыболъагъу Тамарэ и IэдакъэщIэкIхэр — зауэлIхэм я гъащIэм теухуа тхыгъэхэр, сурэтхэр. Бжьахъуэ Маринеттэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30172.txt" }
Урысей псом къыщыщIоупщIэ Республикэмрэ зэрыщыту Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округымрэ мэкъумэшхэкIхэмрэ IэщхэкIхэмрэ елэжь я промышленностым и IуэхущIапIэ нэхъ инхэм икIи нэхъыфIхэм ящыщщ Нарткъалэ и «Агро-инвест» консерв заводыр. Иджыблагъэ абы джэш удзыфэ цIыкIур игъэфIэIун иухащ икIи нащэхэм елэжьын щIидзащ. Мы зэманым апхуэдэ ерыскъыпхъэхэу зы жэщ-махуэм банкI мини 180-м нэс ягъэхьэзыр. Заводым къыщIигъэкI псоми я процент 80-р Урысейм и щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм щыпсэухэм нэхъ зэрафIэфIу къагъэлъэгъуам тету ягъэхьэзыр. «Зы илъэсым ди IуэхущIапIэм хадэхэкI консервхэу банкI мелуан 50-м нэблагъэ къэралым и щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм ирегъашэ, — къыджиIащ лэжьыгъэм кIэлъыплъынымкIэ IэнатIэм и унафэщI Пхъэшх Заур. IуэхущIапIэм зэпымыууэ къыдолажьэ тыкуэн, гъэтIылъыпIэ базэ инхэр». IэпэпсымэщIэхэр къызэрагъэсэбэпым лэжьыгъэр нэхъ тынш ещI, езы заводми зыдеужь. СОКЪУР Риммэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30174.txt" }
ЗэгурыIуэныгъэкIэ къыхуащтэ Сабий зеиншэхэр, зи адэ-анэм ямыпIыжхэр псэу-пIэкIэ къызэгъэпэщыным федеральнэ бюджетым щыщу сом мелуан 43,8-рэ хухахыну я мурадщ. Республикэм ухуэныгъэмрэ архитектурэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ КхъуэIуфэ Иринэ КъБР-м и Правительствэм и зэIущIэм апхуэдэу щыжиIащ. КъищынэмыщIауэ, «2011 — 2015 гъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым псэупIэ ухуэныгъэм зэрызыщиужьынур» республикэ программэ хэхам игъуэта зэхъуэкIыныгъэхэм япкъ иткIэ, КъБР-м и бюджетым щыщу сом мелуан 28,8-рэ а Iуэхум халъхьэну я мурадщ. 2008 — 2015 гъэхэм ятещIыхьа «ПсэупIэ» программэм къару зэримыIэжым къыхэкIыу, РЦП-м зэрыщыубзыхуам тету, сабий зеиншэхэм, зи адэ-анэхэм ямыпIыжхэм ящыщхэм псэупIэ пэш хэхахэр зэгурыIуэныгъэкIэ къыхуащтэнущ. КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30176.txt" }
Мы махуэхэм Бадзэуэгъуэм и 27, щэбэт 1841 гъэм Пятигорск (Псыхуабэ) пэмыжыжьэу Мэшыкъуэ бгы лъапэм и деж щаукIащ урыс тхакIуэшхуэ Лермонтов Михаил. 1991 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щагъэуващ президент къулыкъур. Адыгэ усакIуэ, драматург Чуякъуэ Джэфар къызэралъхурэ илъэс 89-рэ ирокъу. Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Iэбубэчыр Нажмудин къызэралъхурэ илъэс 85-рэ ирокъу. Медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Щомахуэ Алексей и ныбжьыр илъэс 77-рэ ирокъу. Адыгэ Республикэм и цIыхубэ тхакIуэ, публицист Чуякъуэ Инус и ныбжьыр илъэс 73-рэ ирокъу. КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ КIэнэтI Лидие къыщалъхуа махуэщ. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 22 — 24-рэ, жэщым градус 18 — 19 щыхъунущ. Бадзэуэгъуэм и 28, тхьэмахуэ Гепатитхэм ебэныным и дунейпсо махуэщ УФ-м и Дзэ-Тенджыз Флотым и махуэщ Украинэм щагъэлъапIэ флотым и махуэр 1586 гъэм Европэм кIэртIофыр къашащ. 1697 гъэм Камчаткэ хы- тIыгуныкъуэр къызэIуахащ. 1957 гъэм «Кабардинка» къэрал къэфакIуэ ансамблыр студентхэмрэ щIалэгъуалэмрэ Москва щрагъэкIуэкIа фестивалым и лауреат хъуащ. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уэлбанэу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 17 — 21-рэ, жэщым градус 15 — 18 щыхъунущ. Бадзэуэгъуэм и 29, блыщхьэ 1997 гъэм Адыгэ пхъурылъху, Иордан пащтыхьыкъуэ Алий Бен-Хъусейн «Кабардинка» ансамблым хэтхэм яIущIащ, пщащэхэм къадэфащ. Урыс сурэтыщI цIэрыIуэ Айвазовский Иван къызэралъхурэ илъэси 196-рэ ирокъу. СССР-м и цIыхубэ артист, СССР-м и Къэрал саугъэтым щэнейрэ и лауреат, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Кадочников Павел къызэралъхурэ илъэс 98-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 20 — 22-рэ, жэщым градус 14 — 18 щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30178.txt" }
IэнатIэщIэ къызэIуах Адыгей. Республикэм и Iэтащхьэ ТхьэкIушынэ Аслъэнджэрий Еджэрыкъуей жылагъуэм щыIащ. Куэшхьэблэ муниципальнэ куейм и гъунапкъэм абы къыщыIущIащ районым и тхьэмадэ Хьэмырзэ Заур. Адыгейм и Iэтащхьэр а жылагъуэм еблэгъащ «Мамрыкъуэ» фирмэм абы футбол цIыкIу щыджэгун губгъуэрэ дагъэ заводыщIэрэ къызэрыщызэIуихым къыхэкIыу. ТхьэкIушынэ Аслъэнджэрий фирмэм и унафэщIхэм (Мамрыкъуэхэ Аслъэнрэ Русланрэ) фIыщIэ яхуищIащ я къуажэгъухэм, социальнэ IуэхущIапIэхэм зэрызыщIагъакъуэм папщIэ. Еджэрыкъуейдэсхэм ехъуэхъуащ гукъыдэж зиIэ дэтхэнэми зыщигъэсэфыну спорт хэщIапIэ яIэ зэрыхъуамкIэ. Топ джэгупIэр къызэIуаха нэужь, республикэм и Iэтащхьэр «Мамрыкъуэ» дагъэ заводым кIуащ икIи IуэхущIапIэщIэр зэрырагъажьэм хэтащ, предприятэм и IэмалыщIэхэм щыгъуазэ зищIащ. Абы зиужьыну, и унафэщI- хэмрэ и лэжьакIуэ гупымрэ узыншагъэ яIэну зэригуапэр жиIащ. Сабий садхэм заужь Къэрэшей-Шэрджэс. Республикэм и Iэтащхьэ Темрезов Рашид къигъэлъэгъуащ я щIыналъэм и цIыкIу псоми школым кIуэн и пэкIэ сабий IуэхущIапIэхэм зыщаужьыну Iэмал ятыныр КъШР-м и властхэм я къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщу зэрыщытыр. Мы гъэм сабий садхэм екIуалIэхэм цIыкIу 1200-рэ къахэхъуащ. КъШР-м и Iэтащхьэр парламентым и сессием къыщыпсалъэу къызэрыхигъэщамкIэ, республикэм зи школ кIуэгъуэ мыхъуа сабий мин 40-м нэблагъэ щопсэури, абыхэм ящыщу мин 25-р илъэси 3-7 ныбжьым хеубыдэ. Абыхэм я нэхъыбэм сабий садхэм къащтэну Iэмал ягъуэтыркъым, иджыкIэ чэзум цIыху 3346-рэ щытщ. А гугъуехьхэр къызэрызэранэкIыным яужь итщ. Мы гъэм зи школ кIуэгъуэ мыхъуахэр щаIыгъ IуэхущIапIэхэм сабий 1231-рэ кIуэну Iэмал ягъуэтащ. Черкесск къалэм сабии 100 зэкIуалIэ IуэхущIапIэм лэжьэн щыщIидзащ, 250-м хуэщIа IуэхущIапIэр яухуэ. Къуажэхэми сабий садхэр щаухуэ. Мэлыжьыхьым цIыкIу 250-рэ зэкIуэлIэну сад къызэIуахащ, фокIадэм ирихьэлIэу 8-м лэжьэн щIадзэнущ. УЭРДОКЪУЭ Женя.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30180.txt" }
Узэрылъытэн щхьэкIэ, узэрыцIыхун хуейщ Налшык и зы санаторэм, Сирием къиIэпхъукIыжа адыгэхэр зыщIэсым, иджыблагъэ щыIащ Шэджэм ЕтIуанэ жылагъуэм дэс нэхъыжьыфIхэмрэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм щылажьэ къэфакIуэхэмрэ уэрэджыIакIуэхэмрэ. Зэхуэсыр зи жэрдэмхэм мурад нэхъыщхьэу яIар ди лъэпкъэгъухэр нэхъ гъунэгъуу зрагъэцIыхунырщ, мащIэу нэхъ мыхъуми, я нэгу зрагъэужьынырщ. «Ди лъэпкъэгъухэм адэжь хабзэр, бзэр зэраIэщIэмыхуам дригуфIащ. Абыхэм дыщепсалъэм мащIэуи дыпIейтеящ, нэпсхэр къыщытфIекIуи къэхъуащ», — къыхигъэщащ зэхыхьэр къызэзыгъэпэщахэм ящыщ, къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм и унафэщI Молей Алихъан. Сирием къикIыжахэм я пащхьэ екIуу къыщыфащ Тупцыкъуэ Анатолэ игъасэ сабий къэфакIуэ гупыр, «Шэджэм псыкъелъэхэр» ансамблым хэт Мыз Анатолэ уэрэд жиIащ. Абы игъэзэщIа уэрэд куэдым щыгъуазэт Сирием щыщ адыгэхэр, псом хуэмыдэу абыхэм ягу ирихьащ лъэпкъ уэрэдыжьхэмрэ макъамэхэмрэ. КIАРЭ Элинэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30181.txt" }
Атэбий Игорь Театр Иным щагъэлъапIэ «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблым и художественнэ унафэщI Атэбий Игорь УФ-м и Правительствэм и саугъэтыр къыхуагъэфэщащ, «Зэныбжьэгъугъуэм и удз Iэрамэ» зыфIаща концертыр зэригъэхьэзырам папщIэ. УФ-м и Правительствэм и саугъэтыр къэзыхьахэм къэралым щэнхабзэмкIэ и министр Мединский Владимир Театр Иным щаритыжащ. Мы саугъэтыр зратыр лэжьыгъэ щIэщыгъуэ зэфIэзыгъэкIхэрщ е щэнхабзэм хэлъхьэныгъэфI хуэзыщIхэрщ. 2012 гъэм и саугъэтыр цIыху 47-м къахьащ. АЙДАБОЛОВЭ Сафият.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30183.txt" }
УФ-м и Президентым накъыгъэм къыдигъэкIа унафэхэр КъБР-м и чэзум щагъэзащIэ Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир УФ-м и Президентым и лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэ Хлопонин Александр IущIащ. Ахэр тепсэлъыхьащ округым щыIэ псэуныгъэ-экономикэ щытыкIэм, мурад щхьэхуэхэм хуэунэтIа федеральнэ программэхэр щIыналъэм зэрыщагъэзащIэм, апхуэдэу цIыхухэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэщыным егъэщIылIа Iуэхухэм. Къэбэрдей-Балъкъэрым и унафэщIхэм гулъытэшхуэ хуащI федеральнэ программэхэр, къэралым и Iэтащхьэм пщэрылъ къащищIахэр гъэзэщIэным. Псалъэм и хьэтыркIэ, Президентым накъыгъэм (2012 гъэ) къыдигъэкIа Указхэм гъуэгу ирагъэгъуэтын папщIэ, мыбы къыщызэрагъэпэщащ ахэр гъэзэщIа зэрыхъум зэпымыууэ кIэлъыплъ комиссэ. Накъыгъэм къыдэкIа Указ псоми ехьэлIауэ 2018 гъэр къихьэху зэфIагъэкIынухэр икIи ахэр щызэфIагъэкIыну пIалъэхэр яубзыхуащ. Ахэр гъэзэщIа хъунымкIэ жэуап зыхьынухэр къыхахащ, мылъкуу текIуэдэнур зыхуэдизыр ягъэбелджылащ. Путинымрэ Хлопонинымрэ зытепсэлъыхьахэм я гугъу щищIым, КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен къыхигъэщхьэхукIащ егъэджэныгъэм, узыншагъэр хъумэным, цIыхухэм псэуныгъэ и лъэныкъуэкIэ защIэгъэкъуэным я IэнатIэхэм Iуэхутхьэбзэхэр зэрыщащIэ щIыкIэр егъэфIэкIуэным хуэунэтIа «гъуэгу картэхэр» зэрызэхалъхьар. «Къыхэгъэщын хуейщ, зэрыщыту республикэр къапщтэмэ, иужь мазэм улахуэхэм хагъэхъуэн и лъэныкъуэкIэ лъэбакъуэфI зэрыщачар. Абы и фIыгъэкIэ егъэджэныгъэ IэнатIэм курыт лэжьапщIэр щIыналъэ «гъуэгу картэм» щыубзыхуам нэхърэ нэхъ лъагэу щыдэкIуеящ. Апхуэдэу узыншагъэр хъумэным и IэнатIэми лэжьакIуэ лIэужьыгъуэ зыбжанэм я улахуэхэр къыщытIэтын тхузэфIэкIащ. Уеблэмэ языныкъуэ IэщIагъэхэм ирилажьэхэм я улахуэхэр мы гъэр иухыху зэрыхэхъуэн хуейуэ яубзыхуам щхьэдэхащ. ЦIыхухэм псэуныгъэкIэ ядэIэпыкъуным и къэрал IуэхущIапIэхэмрэ щэнхабзэм и муниципальнэ IуэхущIапIэхэмрэ улахуэр къыщыIэтыным хуэгъэза лэжьыгъэр щызэфIагъэкIынур мы гъэм и етIуанэ илъэс ныкъуэрщ», — жиIащ республикэм и Iэтащхьэм. Къыхэгъэщын хуейщ кризисым пэщIэтыным хуэунэтIауэ зэфIагъэкIа Iуэхухэр, апхуэдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым IуэхущIапIэщIэхэр къызэрыщызэIуахар цIыхухэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэщыным сэбэп зэрыхуэхъуар. ЦIыхухэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэщынымкIэ IуэхущIапIэхэм бадзэуэгъуэм и 1-м ирихьэлIэу лэжьапIэншэу ятхахэм я бжыгъэр зэрыхъур цIыху мини 8,6-рэщ. Ар проценти 10,2-кIэ нэхъ мащIэщ нэгъабэ и апхуэдэ зэманым диIам елъытауэ. IэнатIэншэхэу ятхыр жыджэру лэжьэн зыхузэфIэкIыну цIыхухэм я проценти 2,2-рэщ. КъыхэгъэбелджылыкIын хуейщ иужь илъэситхум республикэм IэнатIэншэхэм я бжыгъэр хуэдитIкIэ, IэнатIэншэу ятхахэм я бжыгъэр хуэдищым щIигъукIэ нэхъ мащIэ зэрыщыхъуар. Мы гъэм и япэ мазихым и кIэм зы лэжьапIэм IэнатIэншэ цIыхуищ хуэзэу щытамэ, 2009 гъэм зы лэжьапIэм увыну хущIэкъурт IэнатIэншэ цIыху 12. УФ-м и Президентым 2012 гъэм накъыгъэм и 7-м къыдигъэкIа Указ №597-р дгъэзащIэкIэрэ, Iэмэпсымэ щхьэхуэхэмкIэ зэщIэузэда IэнатIэхэм Iудгъэуващ ныкъуэдыкъуэ мылажьэхэу 48-рэ (илъэсым цIыху 98-рэ дгъэувын хуейщ). УФ-м и Президентым 2012 гъэм накъыгъэм и 7-м къыдигъэкIа Указ №606-м щыубзыхуахэм япкъ иткIэ, зи ныбжьыр илъэсищ иримыкъуа сабийхэм зэракIэлъыплъым къыхэкIыу, мылажьэу щыс цIыху 50-р IэщIагъэхэм хуедгъэджэныр къызэдгъэпэщащ (илъэс къалэныр цIыху 60 мэхъу). КъБР-м и Iэтащхьэм къелъытэ промышленостым, мэкъумэш, туризм IэнатIэхэм инвестицэ проектхэр республикэм зэпэщу щагъэзащIэу хьэрычэтыщIэ лэжьыгъэ мащIэмрэ курытымрэ, фермер IэнатIэм пэрыхьэхэм защIэгъэкъуэным, Iэщ гъэхъуным зегъэужьыным хуэунэтIа программэхэр зэрызэфIагъэкIыр цIыхухэм лэжьапIэ ягъуэтынымкIэ хэкIыпIэ нэхъыщхьэу. КъБР-м и Iэтащхьэмрэ правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30186.txt" }
Къуэшыкхъэр ягъэIэпхъуэ Къэщкъэтау поселкэм дыгъуасэ щIэрыщIэу щыщIалъхьэжащ 37-нэ армэм и етIуанэ фочауэ дивизэм и 875-нэ полкым щыщу 1942 гъэм жэпуэгъуэм и 27-28-хэм а жылагъуэм пэгъунэгъуу щыхэкIуэда зауэлIхэмрэ офицерхэмрэ. Хьэдэ къупщхьэхэр зыдэлъ бэни 10 Къэщкъэтау поселкэм и дыхьэпIэм деж щыщIалъхьащ. А щIыпIэм мемориал щагъэувынущ. Iуэху щхьэпэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен, республикэм и Правительствэм щыщхэр, Парламентым и депутатхэр, Шэрэдж район, къуажэ администрацэхэм я Iэтащхьэхэр, КъБР-м и дин IуэхущIапIэм и лIыкIуэхэр, гъунапкъэхъумэ управленэм, 3723-нэ дзэ частым, къызэрымыкIуэ щытыкIэхэмкIэ IуэхущIапIэм, республикэм и дзэ комиссариатым къулыкъу щызыщIэ зауэлIхэр. Къанокъуэ Арсен мы Iуэхур зи жэрдэмхэм фIыщIэ яхуищIащ, хэкум и щхьэхуитыныгъэм папщIэ зи псэр зытахэм я фэеплъым хуэпэжыну щIалэгъуалэр къыхуриджащ. Апхуэдэу республикэм и Iэтащхьэр дыгъуасэ Шэджэм районым щыIащ, муниципальнэ районхэмрэ къалэ округхэмрэ я щIыпIэ администрацэхэм я унафэщIхэм я зэIущIэ иригъэкIуэкIащ. Хьэжыкъарэ Алик.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30189.txt" }
Мурад нэхъыщхьэр «Зыуэ щыт Урысейм и ЩIэблэщIэ гвардие» (МГЕР) урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм КъБР-м щиIэ къудамэм, Прохладнэ къалэ округымкIэ и IуэхущIапIэмрэ щIыпIэ волонтер зэщIэхъееныгъэм хэтхэмрэ бадзэуэгъуэм и 20-м Прохладнэ къалэм дэт сабий унэ-интернатым псапэ Iуэху щрагъэкIуэкIащ. Прохладнэ къалэм дэт сабий унэ-интернатым щеджэ ныбжьыщIэ гуп. ЩIыналъэ штабым и унафэщI Назрэн Беслъэн къызэрыджиIамкIэ, акцэр ирагъэкIуэкIащ «Зыуэ щыт Урысейм и ЩIэблэщIэ гвардие» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм и федеральнэ программэм ипкъ иткIэ. Мурад нэхъыщхьэр сабий унэхэм я гугъуехьхэм, ныбжьыщIэ ныкъуэдыкъуэхэм хуаIэ щытыкIэм, апхуэдэуи псапащIэ Iуэхум гу лъегъэтэнырщ, абы жылагъуэр къыхэшэнырщ. Налшык и лIыкIуэхэмрэ Прохладнэ къалэм и гупымрэ интернатым гуапэу щрагъэблэгъащ. ХьэщIэхэр я Iуэху зыIутым, сабийхэм я псэукIэм щыгъуазэ хуащIащ. КъызэгъэпэщакIуэхэм интернатым и гъэсэнхэм IэфIыкIэхэмрэ спорт хьэпшыпхэмрэ, лэжьакIуэхэм — нэхъ цIыкIу дыдэхэм ерыскъы IэфI хуагъэхьэзырынымкIэ къагъэсэбэпыну блендерхэр иратащ. Къалэм и активистхэм интернатым и джэгупIэ утыкур зыхуей хуагъэзащ, щхьэгъубжэхэр ятхьэщIщ, пщIантIэр зэщIагъэкъабзэри, сабийхэм я нэгу зрагъэужьу щIадзащ. Утыкум интернатым и гъэсэн куэд къихьат — нэхъ цIыкIу дыдэхэри, илъэс 20 хъуа щIалэхэри, хъыджэбзхэри. Абыхэм ягъуэта дэрэжэгъуэм, я нэгум кърих гуфIэгъуэм гу лъумытэнкIэ Iэмал иIэтэкъым. «Интернатым и гъэсэнхэр — зи узыншагъэм сэкъат иIэ сабийхэри ныбжьыщIэхэри сыт щыгъуи гулъытэ хуэныкъуэщ. Абыхэм я деж гъащIэр щызыхэпщIэфынущ. Ахэр гу къабзэщ, хьэлэлщ. Абыхэм ящIэ псэукIэ, зым адрейм пщIэ хуещI», — жеIэ псапащIэ Iуэхум хэтахэм ящыщ Олег. ПсапащIэ Iуэхум и къызэгъэпэщакIуэхэр интернатым къыщыдэкIыжым къафIекIуа нэпсхэр ерагъкIэ зэтраIыгъэрт. Абыхэм ящыщ Аидэ къызэрыхигъэщащи, апхуэдэ сабийхэр насыпыр зыхащIэн папщIэ зы мащIэщ зыхуэныкъуэр — хуабагъэрэ гулъытэрэ. Апхуэдэ сабийхэм гъащIэм нэгъуэщIынэкIэ урагъэплъ. ПсапащIэ Iуэхур ирагъэкIуэкIащ нэщI мазэ лъапIэми, абы и унэтIакIуэхэм фIы къахудэкIуэмэ, гуапэщ. Сыт щыгъуи зэрыжаIэщи, мылъкур уэсэпсщ, нэхъыщхьэр уи гумрэ уи псэмрэ зэIухауэ, цIыхум зыщIэбгъэкъуэфу, зы мащIэ нэхъ мыхъуми IэфIыгъэрэ хуабагъэкIэ ухуэупсэфу, цIыхугъэ пхэлъу упсэунырщ. Дыгулыбгъу Жантинэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30193.txt" }
АдыгиплI зэгъусэу зэрыдмылъагъужрэ куэд щIат «Сибирь» (Новосибирск) — «Спартак-Налшык» (Налшык) — 0:0. Новосибирск. «Спартак» стадион. Бадзэуэгъуэм и 28-м. ЦIыху 5000 еплъащ. Судьяхэр: Шпилев (Белгород), Степанов (Томск), Шаламберидзе (Мэзкуу). «Сибирь»: Трунин, Самсонов, Головатенкэ, Выходил, Запрудских (Гладышев, 80), Беляев, Бркляч (Едунов, 66), Рыжков, Базанов (Маркосов, 62), Кубицки (Дудолев, 70), Житнев. «Спартак-Налшык»: Цыган, Абазэ, Джудович, Суслов, Гарбуз, Коронов (Мэкъуауэ, 82). Чеботару, Руа (Сирадзе, 90). Аверьянов (Гуэщокъуэ, 33), Галин (Щэуей, 59), Медведев. Дагъуэ къыхуащIащ Джудович, Сусловым, Абазэм, Беляевым. «Спартак-Налшыкым» и гъуащхьэтетым топыр зыIэрегъэхьэ. «Спартак-Налшыкыр» Новосибирск кIуащ и гъуащхьэхъумэхэм ящыщу 3 къапэщыт зэIущIэм хэмытыфыну. Тимошиным, Засеевым, Овсиенкэ сымэ япIэкIэ IэмалыншагъэкIэ нэгъуэщIхэм дзыхь хуащIын хуей хъуащ. Япэ дыкъищу къыхэдгъэщынщи, ахэр я къалэнхэм фIы дыдэу пэлъэщащ — абы и щыхьэтщ хьэрхуэрэгъу лъэщым ди гъуэм топ къызэрыдимыгъэкIыфар. Псом хуэмыдэу гуапэщ Абазэ Руслан джэгукIэфI дыдэ къызэригъэлъэгъуар. Ар зэIущIэм и япэ дакъикъэм щегъэжьауэ джэгуащ икIи Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщалъхуахэр «Спартак-Налшыкым» хэтыну яхуэмыфащэу, я къарурэ зэфIэкIкIэ пэмылъэщыну жызыIэхэм хуэфэщэн жэуап яритащ. А псалъэ дыдэхэр пхужыIэнущ Гуэщокъуэ Арсен, Мэкъуауэ Залым, Щэуей Алихъан сыми ятеухуауэ. Зэрагъэджэгуа зэманыр зэхуэмыдэми, ахэри екIуу «Сибирь»-м пэщIэтащ икIи иджыри зэ наIуэ къытщащIащ ди командэм и къэкIуэнур зэпхыпхъэр а щIалэхэр зэрыарар. Иджыри дапхуэдиз диIэ адэ-мыдэкIэ хэугуэшарэ ди республикэм и щIыхьыр яхъумэну я нэ къикIыу?! Мыгъэрей зэхьэзэхуэм зэрыщIидзэжрэ и стадионым щригъэкIуэкIа зэIущIитIри зи текIуэныгъэкIэ иуха «Сибирь»-м а хабзэфIым пищэну щIэхъуэпсырт. Ахэр хуейт Мэзкуу и «Торпедо»-мрэ Саранск и «Мордовия»-мрэ я махуэр «Спартак-Налшыкми» къыхуагъэкIуэну. АрщхьэкIэ ди щIалэхэри очко бжыгъэм хуабжьу хуэныкъуэт икIи абыхэм Новосибирск щыхагъэхъуэну я мурадт. Хэгъэрейхэр йобгъэрыкIуэ. Налшыкдэсхэм зэIущIэр жыджэру къыщIадзащ. Япэ дакъикъэхэм щегъэжьауэ абыхэм ебгъэрыкIуэныгъэр тегъэщIапIэ ящIащ. «Си- бирь»-р апхуэдэ щIэдзэкIэм Iэнкун ищIащ икIи ди щIалэхэм ар мызэ-мытIэу къагъэсэбэпыным зы мащIэщ иIэжар. АрщхьэкIэ бжыгъэр къыщыхузэIумыхым «Спартак-Налшыкыр» хуэмурэ сабырыжащ, и хьэрхуэрэгъум щыуагъэ IэщIэкIмэ къызэригъэсэбэпынум пэплъэу. Абы хэгъэрейхэм я гур къызэригъэгъуэтыжащ икIи езыхэр ебгъэрыкIуэныгъэхэм тригъэгушхуащ. Иджы ди гъуащхьэхъумэхэрат гугъу ехьыр. Ауэ ахэри тэмэму я къалэнхэм пэлъэщырт — къыпхуэщIэнтэкъым зэгъусэу апхуэдэу япэу джэгуу. Загъэпсэхуу къихьэжа иужькIэ налшыкдэсхэм я ебгъэрыкIуэныгъэхэм пащащ. Иджы абыхэм я гуащIагъыр къызэщIэплъэ зэпытт. Псом хуэмыдэу жыджэрт Гуэщокъуэмрэ Медведевымрэ. Абыхэм ялъэкI къагъанэртэкъым я хьэрхуэрэгъухэм я гъуэм топ дагъэкIын папщIэ. АрщхьэкIэ бжыгъэр къызэIуха хъуртэкъым. Iуэхур щымыхъум, Щэуеймрэ Мэкъуауэмрэ джэгум къыхагъэхьащ. «Мис иджы топыр гъуэм докI», жыпIэу хэгъэрейхэм гузэвэгъуэр ятелът. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, бжыгъэр къызэIуха мыхъуауэ джэгур иухащ. Абы щыгъуэми, зыкъом щIауэ дымылъэгъуауэ адыгиплIым зэуэ (!) «Спартак-Налшыкым» и щIыхьыр яхъумащ — Тхьэм фIы къытхудигъакIуэ! Деплъынщ ар Iэмалыншагъэм къыхахарэ дяпэкIэ абы тетынрэ. Мыгъэрей зэхьэзэхуэм и етхуанэ джэгугъуэм псори яфIэхьэлэмэту щыкIэлъыплъащ, мазитI и пэкIэ етIуанэ гупым щытекIуэу, япэ дивизионым къахыхьагъащIэ «Арсенал»-мрэ «Газовик»-мрэ я зэIущIэм. Ахэр Оренбург щызэхуэзащ турнир таблицэм зым бжыпэр щиIыгъыу, адрейр ещанэу щыщыту. Абы щыгъуэми туладэсхэр пэщIэдзэ джэгугъуиплIми щытекIуат. Мы зэIущIэр хуабжьу удэзыхьэх хъуащ. КомандитIми къагъэлъэгъуащ лъабжьэ быдэ зэраIэр икIи пашэныгъэм щIэбэныну зэрыхьэзырыр. Джэгум и япэ сыхьэтым «Газовик»-р 2:0-у япэ щищат. Абы иужькIэщ хьэщIэхэм зыкъыщызэкъуахар. Ар кIасэ хъуным зы мащIэ дыдэщ иIэжар, туладэсхэм бжыгъэр зэхуэдэ щащIыжар 90-нэ дакъикъэр зэрыарар къэплъытэмэ. Абы иужьыжкIэ «Арсенал»-м текIуэныгъэри къыхуэхьынут, ауэ «Газовик»-р къригъэлащ гъуэм кIуэ топым къезыгъэгъэза я футболистым. Удэзыхьэх хъуну щыгугъат Хабаровск щыIа зэIущIэри. АрщхьэкIэ абы ипэкIэ бжыгъэшхуэкIэ «Арсенал»-м хигъэщIа «СКА-Энергия»-м и къарухэр хузэщIэгъэуIуэжакъым икIи джэгугъуэ къэс пенальти еуэну Iэмал зрат «Мордовия»-м метр пщыкIузым и деж щыту дигъэкIа топ закъуэм текIуэныгъэр къыхуихьащ. Ди гъунэгъу «Ангушт»-р и стадионым «Луч-Энергия»-м къыщыхигъэщIащ. «Алания»-м мы джэгугъуэм зыщигъэпсэхуащ. Иджы фыщыдгъэгъуэзэнщ япэ дивизионым хэт командэхэм иужьу ирагъэкIуэкIа зэIущIэхэм къарикIуа бжыгъэхэм. Мис ахэр: «Енисей» (Красноярск) — «Динамо» (Санкт-Петербург) — 2:1, «СКА-Энергия» (Хабаровск) — «Мордовия» (Саранск) — 0:1, «Газовик» (Оренбург) — «Арсенал» (Тулэ) — 2:2, «Шинник» (Ярославль) — «Торпедо» (Мэзкуу) — 2:1, «Химик» (Дзержинск) — «Ротор» (Волгоград) — 1:0, «Уфа» (Уфа) — «Салют» (Белгород) — 1:0, «Ангушт» (Нэзрэн) — «Луч-Энергия» (Владивосток) — 0:2, «Нефтехимик» (Нижнекамск) — «Балтика» (Калининград) — 0:1. ШыщхьэIум и 2-м япэ дивизионым щекIуэкIыну къыкIэлъыкIуэ джэгугъуэм «Спартак-Налшыкым» зыщегъэпсэху, абы щихьэрхуэрэгъуу щытын хуея Новокузнецк и «Металлург-Кузбасс»-р зэхьэзэхуэм зэрыхэкIыжам къыхэкIыу. Жыласэ Заурбэч. ГъэсакIуэхэм жаIэ Шыпш Тимур, «Спартак-Налшыкым» и тренер нэхъыщхьэ: ФIыщIэ яхузощI — МыIейуэ зэIущIэр едгъэжьат, джэгум къидгъэхьэнухэм ехьэлIауэ гугъуехьышхуэ диIа пэтми. Гъуащхьэхъумищ зэрытхэщIам къыхэкIыу, ахэр зэрыщыту тхъуэжын хуей хъуащ. Джудович къидгъэхьэри, Сирадзе лей къэхъуащ, ахэр хамэ къэрал футболисту зэрыщытым и зэранкIэ. ЗэIущIэм и япэ Iыхьэм и кIэухым ди джэгур къызэIыхьащ, топри къытхуэгъэIурыщIэртэкъым. Зыдгъэпсэхуу дыкъихьэжа иужькIэщ Iуэхур щызэтеувэжар. Топыр дэдгъэкIыну Iэмал хъарзынэ зыбжанэ зыIэщIэдгъэкIащ. Апхуэдэу щыт пэтми, нобэ дгъэджэгуахэм арэзы дыкъащIащ икIи псоми фIыщIэ яхузощI. Кубицки Дариуш, «Сибирь»-м и тренер нэхъыщхьэ: ДымыIеяуэ къызолъытэ — Хуабжьу зэIущIэ гугъу едгъэкIуэкIащ. Джэгум и япэ Iыхьэм топ дэдгъэкIыфыну щытащ, ауэ а Iэмалыр къытхуэгъэсэбэпакъым. Нобэ дымыIеяуэ къызолъытэ. Пэжщ, иужь дакъикъэхэм дызэрешар нэрылъагъут. Абы и щхьэусыгъуэр ди футболист нэхъыфIхэр зэрытхъуэжын зэрыдимыIэрщ — ахэр ешауэ къыщIэкIынущ. Хьэтау Ислъам. ШыщхьэIум екIуэкIыну зэIущIэхэр Япэ дивизион Еханэ джэгугъуэ ШыщхьэIум и 2 (мэрем) «Мордовия» (Саранск) — «Газовик» (Оренбург) «Динамо» (Санкт-Петербург) — «СКА-Энергия» (Хабаровск) «Енисей» (Красноярск) — «Сибирь» (Новосибирск) «Балтика» (Калининград) — «Алания» (Владикавказ) «Луч-Энергия» (Владивосток) — «Нефтехимик» (Нижнекамск) «Салют» (Белгород) — «Ангушт» (Нэзрэн) «Ротор» (Волгоград) — «Уфа» (Уфа) «Торпедо» (Мэзкуу) — «Химик» (Дзержинск) «Арсенал» (Тулэ) — «Шинник» (Ярославль) Ебланэ джэгугъуэ ШыщхьэIум и 7 (бэрэжьей) «Енисей» — «Спартак-Налшык» (Налшык) «СКА-Энергия» — «Сибирь» «Газовик» — «Динамо» «Шинник» — «Мордовия» «Химик» — «Арсенал» «Уфа» — «Торпедо» «Ангушт» — «Ротор» «Нефтехимик» — «Салют» «Алания» — «Луч-Энергия» Еянэ джэгугъуэ ШыщхьэIум и 12 (блыщхьэ) «Мордовия» — «Химик» «Динамо» — «Шинник» «Сибирь» — «Газовик» «Енисей» — «СКА-Энергия» «Салют» — «Алания» «Ротор» — «Нефтехимик» «Торпедо» — «Ангушт» «Арсенал» — «Уфа» «Спартак-Налшык» — «Балтика» Ебгъуанэ джэгугъуэ ШыщхьэIум и 18 (тхьэмахуэ) «СКА-Энергия» — «Спартак-Налшык» «Газовик» — «Енисей» «Уфа» — «Мордовия» «Шинник» — «Сибирь» «Химик» — «Динамо» «Алания» — «Ротор» «Нефтехимик» — «Торпедо» «Балтика» — «Луч-Энергия» «Ангушт» — «Арсенал» ЕпщIанэ джэгугъуэ ШыщхьэIум и 23 (мэрем) «Мордовия» — «Ангушт» «СКА-Энергия» — «Газовик» «Арсенал» — «Нефтехимик» «Енисей» — «Шинник» «Спартак-Налшык» — «Луч-Энергия» «Сибирь» — «Химик» «Динамо» — «Уфа» «Салют» — «Балтика» «Торпедо» — «Алания» ЕпщыкIузанэ джэгугъуэ ШыщхьэIум и 28 (бэрэжьей) «Газовик» — «Спартак-Налшык» «Шинник» — «СКА-Энергия» «Химик» — «Енисей» «Уфа» — «Сибирь» «Ангушт» — «Динамо» «Нефтехимик» — «Мордовия» «Алания» — «Арсенал» «Балтика» — «Ротор» «Луч-Энергия» — «Салют»
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30197.txt" }
ЩыхупIэм щхьэщаIыгъэм ещхьщ си гъащIэр (Ацкъан Руслан и сонетхэр) 136 ЗимыIэм унэ иIэкъым дуней, щхьэегъэзыпIэ жьыбгъэри хуэныкъуэщ. Зэшыгъуэм щихьым дежщ жьыр щыдэуейр, аракъэ жьапщэм си гур щIыхуэмыгъуэр. А жьыр езыр къуэладжэхэм я бынщ, нэхъыбэщ зыщигъэпщкIур, зыщиудыгъур. Дуней тетыкIэ ищIэркъым жыпIэнщ, Iэ зыдилъэнум еIунщIынкIи мэхъур. ИтIани псэкIэ жьым сыпэгъунэгъущ. Абы къызищIэ псор си жагъуэ мыхъу, симыудыныщIэм, сызэшын къысщохъур. АрщхьэкIэ и нэм щIэслъэгъуа къудейщ: зимыIэм унэ иIэкъым дуней, и унэу дуней псор зи гугъэр щоуэр. 137 Уи пащхьэ сыщыкъуаншэу щытыгъарэт, си гъащIэр схьынут ар зэзгъэзэхуэжу, ар си щхьэусыгъуэу уи деж нэзгъэзэжу. Дунейм темытт зэрысхуэщIын уи жагъуэ. Си пащхьэ ущыкъуаншэу щытыгъарэт. Ар зэбгъэзэхуэжу ухэтынкIэ сыгугъэу махуэ къэскIэ сыножьэнти. АрщхьэкIэ хъун си жагъуэ бдэслъэгъуакъым. Дэ зэпэIэщIэ дызыщIар сымыщIэ. Дяку дэлъу хъуар жэуап зимыIэ упщIэщ. И пащхьэ лъагъуныгъэм дыщыхейщ. ГурыщIэм дежкIэ мащIэу ар къыщIокIыр. КъызгурыIуащ: гухэлъыр псэун щхьэкIэ, ар хэту щытми, къуаншэ иIэн хуейщ. 138 СIэщIокIыр гъащIэр. КъоплъэкIыж нэбгъузкIэ, гу зылъыстам си щIыфэр егъэтхытх. Абдеж си гъащIэр хамэу къысщохъуж сэ, арщхьэкIэ ар абы и ужь ситыхущ. Пщэдей сыщIэпхъуэжынущ, япэ сищу, си гъащIэр зэрызахуэри слъагъунщ. Сигъэпсэуащ сэ адрей псоми ещхьу, иджыри тIэкIу къысхущIигъункIи хъунщ. Зэрыхъуу кIуащ, сыхигъэнакъым сытми, абы и махуэ къэскIэ фIыщIэ сощI. СIихамрэ къызитамрэ зэпэслъытмэ, и тыгъэр гъэбэгъуауэ къыслъысащ. АрщхьэкIэ сфIэкIуэдам нэхъ куэд къешэч. Абы щIым нэскIэ си гур ирешэх. 139 Сэ куэдрэ мы дунейм сегупсысынщ, и хабзэ гуэрхэм си гур ягъэныкъуэу. Гухэлъ къыслъысу щытмэ, си насыпщ, гужьгъэжь къысхуэкIуэм, схьынщ си гъащIэр мыгъуэу. ИгъащIэми а тIур къызэдокIуэкI, нэхъыбэм къафIэщI пэтми зэпэжыжьэу. Упсэуи хъурэ уигу къилъэту фIэкI, тIум яз къыщыхуэкIуэнур зым имыщIэ. Гужьгъэжьым хуэкIуэжыныр зым щымыщ — жиIащ зыгуэрым — псом нэхъ IэфI гухэлъыр. Ар мы дунейр зэшыгъуэ къысщызыщIщ, арауэ си ажалыр сфIощI зыхэлъыр. Слъэгъуам гужьгъэжь хуэкIуауэ лъагъуныгъэм, хъужынут дунеижьыр си щIэщыгъуэ. 140 МыупщIэу гъащIэм ихъуэжащ си теплъэр, щытар къуршыбгъэу хъуащ тхьэрыкъуэ хужь. Си хьэлыр-щэ? Псы уэрыр хъуащ псытепхъэ, и толъкъун щIыкIэр къысхуэмыцIыхуж. Къэгубжьу мывэ гуэр ирихьэжьэжкъым, дэтхэнэ зыми фIэфIщ едэхэщIэн. Жыг хэплъызам и щIагъым ныщыщIэжкIэ къыпыхумэ тхьэмпэ, щэхуу къыздищтэнщ. МыупщIэу гъащIэм ихъуэжащ си гъащIэр, ар языныкъуэм сфIощI къысщыдыхьэшх: Иджы абы зыхуейуэ хъуар сегъащIэ, сыпэувыну къару симыIэж. Зэрыщытауэ къэнэжащ си бгъуэгур. Дунейм тез хъунщ абы ихъумэ тIэкIур. 141 Утыкум ситт, сымыщIэу сыздэкIуэнур, нэщхъейуэ сеплът жьыр здепщэмкIэ зизычхэм. Нэху дыкъекIауэ арт зы пщэдджыжь гуэрым зызридзэкIауэ Хэкум и псэукIэм. КъыщIэмыкIат абы сыхуэхьэзыру, згъэпIащIэу зэблэзгъэкIт гупсысэ Iэджэ. ГугъапIэу сиIэр къызэхуэсхьэсыжри, къыхэсщIыкIащ ущызэпхыплъу Iэжьэ. ЗгъэкIуат сэ Iэжьэм сису сабиигъуэр, иджы ар къыщызгъатхъуэрт гукъэкIыжым. СщIа Iэжьэм ислъхьэщ сигу пымыкIыу хъуари, си гъащIэр тезухуащ гъуэгуанэ жыжьэм. Исчащ Iэжьэкъур, Iэжьэр и пIэм итщ. Псэун къыщIэздзэжыну къыспэщытщ. 142 КъыщIетхъыр махуэр сигу, зэрыхъуу жэщ. Зэрыщу нэху, сыхуэзэшынущ жэщым. И унагъуитIым я кум дэтым ещхьу сопсэу сыкъызэралъхурэ. Сезэшащ. Вагъуэбэм нэху щыхункIэ сахэтынщ нахуапIэм тIэкIу ещхьыIуэу си пщIыхьэпIэр. Абы нэс укъикIыжу напIэзыпIэм утезэгъэжыну щIым мытынш. ПщэдджыжькIэ зэрызехьэм сахохьэж. Мыбдежым къыщылъос къыхуэщтэр щхьэж, пIэпыхум хъунущ ущIэмыупщIэжми. Абы къэбгъэщIа псор къуигъэщтэжынщ. А къызэдэжэм укъыхэхужынщ, пщIыхьэпIэ IэфIхэр нэгу къыщIэмыхьэжым. 143 Си адэм и Iэм си Iэр сыту ещхь, сыкъигъэуIэбжьыжу зэзэмызэ. Сыт сымыщIамэ сэ абы семысэ. Си адэм и Iэ гъурхэм сеплъырейщ. Iэр псэ къудамэщ, къыпхуеIуатэ куэд. КъэгъуэгурыкIуащ си адэр лэжьакIуэжьу. Псом япэ иту зауэми ар кIуат. Сэ сощIэ: псэуфакъым ар нэгъуэщIу. Си адэр пхъашэу сэ къысхущытащ, и щытхъу къэсыху уаситI щIызигъэтащ. СызригъэкIуащ абы и нэгу щIэслъагъуэм. Иджы си щхьэфэм си Iэр еIусэху, сыбэлэрыгъауэ, зызоущэху. КъысфIощI си адэм и Iэр къыздилъауэ. 144 Абы гухэлъ хуэсщIауэ сымыщIэж, арщхьэкIэ сымылъагъумэ си гур ныкъуэт. Зэшыгъуэр къыстеуам, абы сылъыхъуэрт. Сытеужам, къэзгъанэрти сежьэжт. ЕхъулIэныгъэу сиIэр сэ сысейт, къызэмыхъулIэ псори ди зэхуэдэт. Къыхихырти и гъащIэм сэ къысхуэтыр, сымыщIэу къыздикIар, абы къызитт. Ар къызбгъурыт зэпыту екIуэкIащ, щытами янэхъыбэм гу лъызмытэу. А псор си нэгу къыщIэзгъэхьэжу щытмэ, гум къытегъуалъхьэм сещIыр бауэкIэщI. Насып сиIауэ къыщысщIар иджыщ. Насыпым лей хъужыхукIэ зейр ебзыщI. 145 ПшитI зэхуакум уафэ нэгу къыдэщт, гъэгъа жыгыр бауэрт, ещхьу цIыхум. Хьэндырабгъуэ къыхуэзубыдащ губгъуэр зыхуримыкъу си къуэрылъху цIыкIум. И лъэгу щабэм Iэзэу хущысхуащ, жэр зэригъэхъунур и фIэщ сщIыуэ. Сабийм и нэм нэпсыр къыщIэхуащ, сыкъимылъагъужт абдежым фIыуэ. Сэ къысIэщIэщIар къысщIыхьэжащ, дэнэ кIуат си губгъуэм къызит лIыгъэр. Сабиигъуэ жыжьэм нэскIэ жащ си гупсысэр, къыздэщIын къилъыхъуэу. Ар къиутIыпщыжащ си сабиигъуэм, езым и къуаншагъи къысхущIигъури. 146 Жэщ си щыпэлъагъу фIэкI умыщIэнут, псори си щIэщыгъуэу къыщIидзыжт. Вагъуэхэри хэтт зыгуэр жаIэну, ауэ я гум илъыр ябзыщIыжт. СыIурихщ нэхущми сымыщIэххэу, пщIыхь зэщымыщхъу гуэр си нэгу щIэкIащ. Жэпу вагъуэ жыжьэхэм я щэхур щIылъэм къытехауэ нэху къекIащ. Дыгъэр къыкъуэкIащ а псор имыщIэу, къэуIэбжьауэ жэпым къыхэпсащ. Дыгъэм фIэфIкъым зыгуэр къыщабзыщIу, псори къигъэнэхуу ар есащ. Хэслъэгъуар сысейуэ ткIужащ жэпыр. Ари сIихыжынщ, къэсынщи жэщыр. 147 Си гъащIэр сIуэтэжыну си гугъащ, къызоIуэтэжыр къагъэщIар нэгъуэщIхэм. ЦIыху Iэджэм ялъ зыщIэтым ещхь сыхъуащ, аращ мы си щытыкIэр къэзыгъэщIыр. Зэм гухэлъ IэфI си бгъэгум къыщоуш, сысейуэ ар зи фIэщ зыщIын щымыIэу. ИужькIэ ар си гъащIэм щыщ мэхъуж, сфIэкIуэдыжынуи зым къызжремыIэ. Си бгъэгум зэм гужьгъэжь къыщысфIотэдж, хьэзыри си псэукIэр ихъуэжыну. Ар къыздикIар сэ къысхуэмыгъуэтыж, къэзыгъэкIуари дэнэ къисхыжыну. ЦIыху гъащIэ куэд щызэхуэсащ си гъащIэм, арщхьэкIэ зейхэм си фIэщ мыхъу сыкъащIэу. 148 Куэд дэмыкIыу сынэкIуэнщ уи деж, сыкъыкIэрыхуауэ гъащIэ псокIэ. СызэрынэкIуэнур сщIэ къудейщ, сыныщIэкIуэр езым сщIэркъым зэкIэ. Уэ ныпхуэсIуэтэну арагъэнщ Iэджэ щIауэ щызбзыщIыжыр си щхьэм. Уэ узимыгъусэу къэзгъэщIар, къызгурыIуэжащ, си гъащIэм щыщкъым. НэгъуэщI гуэрым и пIэкIэ сопсэу нобэм къэскIэ. Ари гъащIэ дахэт. Зыкъызолъыхъуэж итIани сэ, си гур къуэгъэнапIэ къэскIэ дыхьэу. СынэкIуэнщ пщыхьэщхьэу е нэхущу. БжесIэжынщ си гъащIэр сыкъыумыщIэу. 149 СыкъигъэпцIащ сэ куэдрэ дунеижьым, сищIыну лей гурыщхъуэ сигъэщIыжт. Уэсэпсыр слъагъурт гугъэм и лъэужьу, сыздишэм сыкIуэу сежьэрти — гъущыжт. Сыкъинэрт жыг щхьэзакъуэу губгъуэ нэщIым, япэ къэс щыблэр хъурт къыстегъэпса. ИмыщIэу сипсыхьащ сэ дунеижьым, сыкъыхэкIыфу сытми сигъэсащ. Илъэсхэр зэрыкIуаращ къысхуэмыщIэр, сатеплъэкъукIауэ къыщIэкIынщ. СыкъэбгъэпцIэнум ноби хэлъыр мащIэщ, си дежкIэ ар кIуэдыпIэми иджы. ЩыхупIэм щхьэщаIыгъэм ещхьщ си гъащIэр. ЗыIыгъым ар игу илъыр плъэкIмэ къащIэ. 150 УкъызэупщIу щытми иджыпсту бжезмыIэфын си дежкIэ псом нэхъыщхьэр. Си гъащIэр зым щымыщым щыщIэстын къысхуохуэ — и фIэщ хъункъым ар нэгъуэщIкъым. Схуэхъунур гъусэ щыIэщ щыблэзгъэкI, къуэш щысщI къыхокIыр къысхуэзытIыр мащэ. Сыхъуным Iущ есхьэлIэми схулъэкI, щыуагъэр сяпэ итщ — мыр дауэ гъащIэ. Апхуэдэ защIэу укъекIуэкI мыхъун, хокIуадэ япэ къэсым хуэгъэщIэхъур. Сыкъезыгъэлынур къыздихьынщ, щекIэрэхъуэкIкIэ дунеижьыр шэрхъыу. Сэ схуэдэ дыдэ сыхуэзэнщ зэгуэрми, къызгуригъэIуэнщ езым къыгурымыIуэнур. 151 КIуэцIрыкIащ уафэгъуагъуэр мафIэгуу, уафэ гъунэм щыхъужу нэхъ хуэм. Ещхь сыхъуащ абы къыкIэрыхуам, псом нэхъ жагъуэрщи, зымащIэ тIэкIукIэ. ЗыкъищIэжурэ жыжьэ къыщоIу куэдым пэджэ мафIэгум и макъыр. Сэ мы махуэм хузиIэр зы лъэIут, — ар абы зэхихынум хуэхуакъым. СщибзыщIащ щыблэкIынур мафIэгур, итIысхьэну езыр къыщIэкIащ… Иджы слъагъуурэ мэхъури жэщ, щысхь зымыщIэ зэшыгъуэр къыстокIуэ. Догуэт зэ, къегъэзэжыр мафIэгум. СитIысхьэнщ, ар сымыщIэми здэкIуэр.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30204.txt" }
ГукъэкIыжым и лъахэм щытIыгъуэ гупсысэхэр Адыгэ хэкурысхэмрэ хэхэсхэмрэ… Я хьэл-щэнкIэ, гупсысэкIэ, шыфэлIыфэкIэ, IуэхущIафэкIэ зэтехуэрэ е зэщхьэщыкIрэ ахэр? Сыт я псэукIэ хэхэсхэм? Сыт къитIасэрэ Хэку лъагъуныгъэм и къарум? ЛIэужьыр лъымрэ къупщхьэмрэ ямыгъэкIуэдыр пэж? А псом ехьэлIа гупсысэкIэ, гукъэкIыжкIэ къыддэгуэшащ хамэ щIыпIэ щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я деж куэдрэ щыхьэщIэ, КъБКъУ-м и профессор Бакъ Зерэрэ Истамбыл щыIэ «Узун-Яйла» Адыгэ Хасэм и тхьэмадэм и къуэдзэ, зи IэщIагъэкIэ уэчыл Щоджэн Берсисрэ. Бакъ Зерэрэ Щоджэн Берсисрэ. Зерэ Истамбыл щыIащ, абы щыпсэу адыгэхэр анэдэлъхубзэм хуригъаджэу. Иджы а Iуэхум и гугъу къытхуещIыж: — Илъэс зыбжанэкIэ узэIэбэкIыжмэ, Истамбыл «Бахъчи Эвлер» («Жыг хадэхэр») хасэм «Хэку» зэгухьэныгъэм сигъэкIуат, адыгэбзэмрэ адыгэ щэнгъасэмрэ абы къекIуалIэхэр хуезгъэджэну. Хасэм и тхьэмадэр Щокъул Илхьэнт. Бзэр зэрагъэщIэнкIэ егъэлеяуэ гугъэу зэхуэсатэкъым япэу къэкIуа цIыху зытхухыр. Хэкум къикIа зрагъэлъагъуну яфIэгъэщIэгъуэну арат. ИтIанэ, зым адрейм жриIэжурэ, нэхъ къызэхуэс хъуахэщ, ныбжьэгъуи дызэхуэхъуащ. Зерэ абы щригъэджахэм ящыщщ Щоджэн Берсис. А зэманым Берсис хуиIэ гукъэкIыжхэр иджы хэкум къэкIуауэ къыщытхуеIуэтэж: — «Къэбэрдейм щыщ профессор ди хьэщIэщи, Хасэм къекIуалIэ», — жаIэри къысхуаIуэхуат. Сыхуэмейуэрэ, сыщхьэхыурэ «Бахъчи Эвлер» Хасэм и тхьэмадэ Илхьэн и хьэтыркIэ секIуэлIа хъуауэ арат, пэжым ухуеймэ. Зэ-тIэу есэпым зрезгъэхьэлIэу пысчыжын си гугъат. АрщхьэкIэ, хуэм-хуэмурэ сыдихьэх хъуащ. СемыкIуалIэмэ, абы щызэхэсх адыгэбзэм сызэрыхуэныкъуэр зыхэсщIэрт. ИтIанэ абы сыщыкIуэну зэманыр къысхуэмыгъэсу сыпэплъэ хъуащ. Си закъуэкъым, ар куэдым къащыщIат. Хасэм къекIуалIэхэри ныбжьэгъу дызэхуэхъуат. ДызэпищIэрт зы гупсысэ иным — лъэпкъым теухуам. Бакъ Зерэ: — Берсис Хасэм къекIуалIэхэм я нэхъыщIэт. АпхуэдизкIэ псоми къахэщхьэхукIырти, и гум зыгуэрхэр щигъэтIылъауэ зэригъэтIыгъуэр нэрылъагъут. «Сэ адыгэбзэ тIэкIу седэIуэнщ…» жиIэрти, жыжьэу къытхэплъэу къэтIысырт, гувауэ къыщыкIуахэм деж. Адыгэбзэм едэIуэн гупсысэрщ Хэкум къизышэжари. — Зерэ, уэ дауэ къыпщыхъурэт Хасэм и зэхэтыкIэр, сыт хуэдэт абы къекIуалIэ адыгэхэр? — «Бахъчи Эвлер»-р тIэкIу нэхъ дэхуэхауэ къалъытэхэм ящыщт. Истамбыл щыIэ Хасэ куэдым сахыхьащ, сахэтащ, ауэ мыбы хуэдэу спэгъунэгъу хъуа къахэкIакъым. Мыхэр къызэрыгуэкIт. «Дэ адыгэ дыхъужыну? ДалъэщIыхьэжыну адрейхэм?»,- жаIэрт езгъаджэхэм. Ауэ сэ гу лъыстат ахэр адыгэу къызэрынам. Дэтхэнэри Хэкум къихьэжамэ, тхьэмахуэ бжыгъэкIэ къытхэсыхьыжынут. Я къэшэгъуэ нэса пэтми, унагъуэ зыухуа яхэттэкъым щIалэхэм. Я щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэри адыгэ псэгъу ящIыну зэрыхуейрт. Зэщхьтэкъым си еджакIуэхэр. Ауэ нэхъыщхьэу гу зылъыстари? Псори ди плъыфэт. Ди къуажэм сыдыхьэжауэ, ди хьэблэм сыдэту къысщыхъурт абыхэм сащыхэтым деж. Лъэпкъыр лъэпкъыу къэнэнуми хабзэр сыт хуэдэу хузехьэнуми къызэрыпщIэну щыIэри? И нэгурщ. И теплъэрщ имыхъуэжу къэнэн хуейр. Бзэр щхьэ куцIым щыгъэтIылъауэ ихъумэу аращи, зригъэщIэну иужь ихьэмэ, къещтэжыф. Хабзэри Iэмал имыIэу бзэм къыдокIуэж. Хасэм щыIэхэр псори адыгэ дыдэ дыхъужырт, дыкъэгубжьауэ дыщыпсалъэм и деж е зы Iуэхугъуэ гуэрым дыдихьэхыпауэ дыщытепсэлъыхькIэ. Абы щезгъэджауэ ныбжьэгъуфI къысхуэхъуахэм ящыщщ Балъкъэрхэ Джумхур, Сэбэхьэтдин, Мэжид, Бэвыжь Низаметтин, Джэрыджэ Аднан, Чолакъ Камуран, Щоджэн Берсис, Шыбзыхъуэ Чэгълэян, Шэрэкъу Хьэмид, Жылэхьэж Эрдоган, Ибрэхьим Оздемыр, Есэн Хьэмид сымэ. Дэтхэнэми хужыпIэн куэдщ, дэтхэнэми гупсысэкIэ щIэщыгъуэ иIэщ. — Дапхуэдэ щIыкIэкIэ бзэр ебгъащIэрэт? — Япэу дахагъэм дегъэхьэхын хуейти, усэкIэ яхэслъхьэн щIэздзащ. «Шиир (усэ) адыгэхэм ятхыу тщIакъым», — жаIэу ягъэщIагъуэрт. ЩоджэнцIыкIу Алий, КIыщокъуэ Алим сымэ я усэхэмкIэ къыщIэддзащ. Ауэ… ЩоджэнцIыкIур къайгугъуэкIрэт?! Абы зыкъомрэ схуегъэсакъым. «Алий цIыкIу» фIащауэ, абыкIэ еджэхэрт. Пщыхьэщхьэ гуэрым, «Зэгуэр пщIыхьэпIэу услъэгъуащи, Жэщ къэскIэ жьыуэ согъуэлъыж…» псалъэхэр зыхэт КIыщокъуэм и усэр зэпкърытхырт, дылэжьэну иджыри зэман тIэкIу къытхуэнауэ, Балъкъэр Джумхур щIэкIыжыну къэтэджыжауэ щытащ: «Жьыуэ дыгъуэлъыжын хуейщ», — жиIэри. ЩоджэнцIыкIум и «Нанэ» усэр гукIэ щызрагъэщIар-щэ!.. Тенджыз Iуфэм къыщеджэхэрт… АлфавиткIэ къыщIэздзамэ, зыри схуагурыгъэIуэнутэкъыми, ар иужьым къизнащ. Бзэри щэнхабзэри яхэслъхьауэ, зыхезгъэщIауэ схужыIэнущ. Дауэ хъуами, Хэкум зэ нэхъ мыхъуми къихьэжын зэрыхуейр ягурыIуат. — Берсис, Хэкум, бзэм хуиIэ лъагъуныгъэр дэнэ къыщежьар? Е ар псалъэкIэ къыпхуэмыIуатэ гурыщIэ? — ДыщыцIыкIум унагъуэр адыгэбзэкIэ дыпсалъэу щытащ. Ауэ школым ди бзэкIэ дыпсэлъэныр къыщытпаубыдырт. Хамэм уахэсмэ, аракъэ — дыкъыдэкIуэтеиху бзэр нэхъ тIэщIэхурт. Ауэ… зэхэщIыкI уиIэ хъуа нэужь, гупсысэ гуэрхэр езыр-езыру щыбубзыхуж ныбжьым унэсамэ, бзэм и Iуэхур къыбгуроIуэ. 1999 гъэм Анкара щыIэ Адыгэ Хасэм сыкIуауэ, «Адыгэбзэ» жиIэу тету тхылъ къыщыслъэгъуащ. Апхуэдэ къэсщэхури, сэр-сэру си бзэр зэзгъэщIэжу щIэздзащ. АдыгэбзэкIэ тха гуэр къысIэрыхьэмэ, макъкIэ сыкъеджэрт, зызгъасэрт. А зэманхэм кавказ къафэхэмкIэ гуп къыщызэрагъэпэщат Истамбыл. Абы щIэхыу сыхыхьащ. Ди фащэр щыстIэгъат, сыкъэфат, пшынэм сеуат…. Зери Хэкум и хъыбар гуапэ куэд дригъэдаIуэрт, бзэм и дахагъэм лъэныкъуэ куэдкIэ гу лъыдигъатэрт. Арати, сегупсысащ: «мы дахэ къомыр къыздикIам сымыкIуэу хъунукъым», — жысIэри. 2007 гъэм япэу Хэкум сыкъихьэжащ. — Сыт абы щыгъуэ зыхэпщIар? — НэгъуэщI дуней гуэр сыкIуэу къысщыхъурт сыкъыщежьам. Кхъухьлъатэм сыкъыщехым, слъагъухэр си фIэщ мыхъуу зысплъыхьырт. Сурэти тесхынути, ар къысхуадатэкъым. ЩIым сыщытеувам… ШкIащIэр, Iуэм къыщIэувыкIауэ япэ лъэбакъуэхэр щичым деж, и щытыкIэр гъэщIэгъуэнкъэ?! Абы срещхьт. Слъагъухэр сфIэтелъыджэт. Жэщым згъэщIагъуэрт: «Мазэр мыбыи щызолъагъури!» — жысIэу. Мыбы исхри мыIэрысэ здэсхьат Истамбыл. «Мы мыIэрысэр дыдейхэм ещхьи!» — игъэщIагъуэрт си къуэшми. Бакъ Зерэ Истамбыл Хасэм щригъэджа щIалэхэр Хэкум къихьэжырейхэщ. КъэIэпхъуэжыпэу, унагъуэ зыухуэжаи яхэтщ. Дэтхэнэми хэлъщ адыгэ щэн, псэкIэ Хэкум пыщIахэщ. Нэхъыщхьэр, а гурыщIэр къэгъэушын хуейуэ арати, бзэм и дахагъэр зыхэзыщIэ егъэджакIуэр абыкIэ сэбэп хъуащ. Гугъуэт Заремэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30211.txt" }
Мэкъумэш университет: фIым я фIыжхэр КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым щекIуэкIащ «Университе-тыр зэрыгушхуэхэр» зыфIаща зэхыхьэ. 2013 гъэм КъБКЪМУ-р диплом плъыжькIэ къэзыухахэм абдеж щратыжащ. ЕджапIэр фIы дыдэу къэзыухахэм ехъуэхъуну зэхыхьэм зыкърагъэхьэлIащ КъБР-м мэкъумэш IэнатIэмкIэ и министрым и къуэдзэ Сидорук Татьянэ, КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм и департаментым и унафэщI Мэртазэ Залым, «Кабардино-Балкарская правда» газетым и журналист Бэрбэч Борис сымэ, нэгъуэщIхэми. — Ди хьэщIэ лъапIэхэм, еджапIэр къэзыух щIалэгъуалэмрэ абыхэм я адэ-анэхэмрэ фIэхъус гуапэ фызох! Зэхуэсахэм нобэ ди зэхуэдэ гуфIэгъуэщ. Университетым щIэныгъэфI къызэрыщIахам къыдэкIуэу, абы щекIуэкI нэгъуэщI Iуэхугъуэхэми къыхэжаныкIахэр догъэлъапIэ. Университетым и къэкIуэнур зэлъытар фэ фхуэдэу зэфIэкI зиIэ щIалэгъуалэрщ. ЗыIэрывгъэхьа щIэныгъэмрэ ехъулIэныгъэмрэ къэвгъэсэбэпу, республикэми къэралми зевгъэужьыну дыфщогугъ, — жиIащ КъБКъМУ-м и ректор Щыхьмырзэ Мухьэмэд. — Лэжьыгъэр фIыуэ зылъагъу, хабзэ зыхэлъ, зи мурадым ерыщу хуэкIуэ, республикэр зэрыгушхуэ щIэблэ зэрывгъэсам папщIэ адэ-анэхэм фIыщIэ фхузощI. Зэвгъэгъуэта IэщIагъэм ехъулIэныгъэрэ фIыгъуэрэ къыпэкIуэну, насыпыфIэ фыхъуну, фи хъуэпсапIэхэм фалъэIэсыну сынывохъуэхъу. Студентхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ щIэмычэу дызэдэлажьэмэщ мы еджапIэр фIы дыдэу къэзыух щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ дыщикуэдынур. Мы гъэм япэу дыубла мы зэхыхьэ гуапэр илъэс къэс едгъэкIуэкIыну сфIэигъуэщ. Мэртазэ Залым университетыр мы гъэм диплом плъыжькIэ къэзыуха щIалэгъуали 152-м ехъуэхъуащ зыIухьэну IэнатIэхэм зэфIэкIрэ ехъулIэныгъэрэ щаIэну, я щIэныгъэм дяпэкIи хагъэхъуэну, республикэм сыт и лъэныкъуэкIи къахуэщхьэпэну. Сидорук Татьянэ КъБР-м мэкъумэш IэнатIэмкIэ и министр Къаздэхъу Альберт, министерствэм и лэжьакIуэхэм къабгъэдэкIыу университетыр къэзыухахэм ехъулIэныгъэ, мамырыгъэ, гуапагъэ я куэдыну ехъуэхъуащ. Абы щIалэгъуалэр къыхуриджащ щылэжьэну нэгъуэщI щIыналъэ къыхах хъуми, я республикэр зыщамыгъэгъупщэну. Хъуэхъу псалъэхэм пызыща Бэрбэч Борис къыхигъэщащ щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ я адэ-анэхэр, егъэджакIуэхэр, республикэм и унафэщIхэр зэращыгугъым хуэдэу къыщIэкIмэ, зэригуапэр. Абы зэрыжиIамкIэ, мэкъумэш IэнатIэм ехьэлIауэ республикэм щызэфIах IуэхугъуэщIэхэм университетыр къэзыуха IэщIагъэлIхэм хэлъхьэныгъэфI зэрыхуащIынум шэч лъэпкъ къытрихьэркъым. БЖЬЫХЬЭЛI Розэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30214.txt" }
Зигу щIэмыхьа яхэтакъым Къэщкъэтау поселкэм бадзэуэгъуэм и 26-м щIэрыщIэу щыщIалъхьэжащ 37-нэ армэм и етIуанэ фочауэ дивизэм и 875-нэ полкым щыщу 1942 гъэм жэпуэгъуэм и 27 — 28-хэм а жылагъуэм пэгъунэгъуу щыхэкIуэда зауэлIхэмрэ офицерхэмрэ. Къанокъуэ Арсен и псалъэ. Къэщкъэтау поселкэм и дыхьэпIэм деж щыт жыгхэм я лъабжьэм пщэдджыжьым жьыуэ щрагъэувэкIат лIыхъужьхэм я хьэдэ къупщхьэхэр зыдэлъ бэни 10-р. Абыхэм тIэкIу япыIукIуэтауэ къыщыт фэеплъым деж щызэхуэсащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен, республикэм и Правительствэм щыщхэр, Парламентым и депутатхэр, Шэрэдж район, къуажэ администрацэхэм я унафэщIхэр, КъБР-м и ветеран зэгухьэныгъэхэм я тхьэмадэхэр, лъыхъуакIуэ гупхэм хэтхэр, школакIуэ цIыкIухэр, журналистхэр, къуажэдэс-хэр. — 2013 гъэм накъыгъэм и 23-м дэ къызэдгъэпэщауэ щытащ мы щIыпIэм щекIуэкIа зэхэуэ гуащIэхэм щыхэкIуэда зауэлIхэм я хьэдэхэр щIэрыщIэу щIегъэлъхьэжынымкIэ комитет, — жиIащ Къанокъуэ Арсен, пэкIум къекIуэлIахэм защыхуигъазэм. — Хэку зауэшхуэр зэриухрэ илъэс 68-рэ ирикъуами, абы гуауэу къытхуихьам и инагъыр ноби зыхыдощIэ. Ди республикэм щыщ зауэлI мин 60-м нэблагъэ фронтым дэкIат. Абыхэм ящыщ цIыху 2840-р Шэрэдж куейм икIати, 2267-м къагъэзэжакъым. Сэлэтхэм я нэхъыбэм къызэрацIыхужын нагъыщэхэмрэ тхылъхэмрэ ящIыгъужакъым. Абы къыхэкIкIэ хьэдэ къупщхьэхэр зейр къэхутэжынымкIэ лэжьыгъэр иджыри йокIуэкI. Хэку зауэшхуэр зэриухрэ илъэс 70 щрикъум ирихьэлIэу зэфIэдгъэкIын хуей Iуэхугъуэ зыбжанэм хеубыдэ мы щIыпIэм нобэ щекIуэкIыр, — жиIащ Къанокъуэм. — Бийм къэралыр Iэрамыгъэхьэн папщIэ, зи щхьэ хэзылъхьахэм я пщIэр зэи кIуэдынукъым. АдэкIэ псалъэ иратащ республикэм зауэмрэ лэжьыгъэмрэ я ветеран зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Шыхъуэбахъуэ Мухьэмэд. — Мыбдеж щызэхуэса псори Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхыдэм напэкIуэцIыщIэ къызэрыщызэIутхым дрищыхьэтщ, — жиIащ абы. — Нобэ дыщыгъуэми, арэзы дыкъэзыщI Iуэхугъуи догъэзащIэ. Ар Хэкум къыщхьэщыжыным зи щхьэ хэзылъхьахэм пщIэ мыухыж зэрахуэфащэр республикэм ис цIыхухэм зэредгъэлъагъуфырщ. Зи Хэку зыхъумэжу хэкIуэдахэм папщIэ дыуэ ирагъэщIащ. ЛIахэм Тхьэ хуелъэIуащ КъБР-м и муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и тхьэмадэ Дзасэжь Хьэзрэталийрэ православнэ чыристан члисэхэм я благочиннэ Бобылев Валентинрэ. — Илъэс куэд щIащ зэхэуэ гуащIэхэр мы къуэладжэм зэрыщекIуэкIрэ, — жиIащ КъБР-м и зауэ комиссар Харламов Евгений. — Абы щыхьэт тохъуэ мы тлъагъу Iэгъуэблагъэм совет зауэлIхэм я хьэдэ къупщхьэу ноби дызыщрихьэлIэхэр. Къагъуэтыжахэм ящыщу цIэ-унэцIэкIэ зэхагъэкIа сэ-лэти 10-р зыдэлъ бэнхэр къуэшыкхъэ папщIэу къатIа мащэшхуэм ехьэхын щIадзащ. Сэлэтхэм зырызыххэу ахэр къаIэтурэ, абы еувэха цIыхухэм хуэсакъыпэурэ IэщIалъхьэрт, лъэныкъуэкIэ кърагъэувэкIауэ щыт зауэлIхэм фочхэр ягъауэу. ГъэщIэгъуэнт къуэшыкхъэр изытхъуэжхэми абыхэм япэмыжыжьэу щызэхэт цIыхухэми уакIэлъыплъыныр. Абыхэм зыри яхэбгъуэтэну къыщIэкIынтэкъым екIуэкI Iуэхугъуэр зи гум щIэмыхьа. Щытхэр къулыкъу яIыгъхэмкIи я ныбжькIи зэхуэмыдэт — щIэблэщIэ цIыкIухэм я деж щегъэжьауэ, абыхэм илъэс 90-м нэблэгъа дадэхэри яхэтт. Ахэр псори мыбде-жым щекIуэкI Iуэхушхуэм а напIэзыпIэм зы ищIами ярейт. Бадзэуэгъуэм и 26-м Къэщкъэтау щекIуэкIа Iуэхугъуэм езым и тхыдэ гъэщIэгъуэн иIэжщ. 1942 гъэм псынщIэрыкIуэу къакIуэ фашистхэр а жылэм къыдэзэрыгуат. Ахэр зы жэщым къриубыдэу дахужын мурад яIэу, 37-нэ армэм и етIуанэ фочауэ дивизэм и 875-нэ полкым хэтхэр жэпуэгъуэм и кIэухым а къуажэм къыIухьащ. АрщхьэкIэ нэмыцэхэр жейртэкъым икIи а Iуэхум хуэхьэзыру къыщIэкIащ. Бийм и сэлэтхэр топкIи пулеметкIи щахэуэм, ди зауэлIхэм ящыщ куэд абдежым щигъуэлъыкIащ. Дыдейхэри, къикIуэт жыхуаIэр ямыщIэу, ерыщу къуажэм къыщебгъэрыкIуэм, абы фIы къахуихьакъым. ЗэрыжаIэжымкIэ, совет зауэлIхэм я хьэдэхэр апхуэдизкIэ куэд хъурти, зэхэуэр иуха яужькIэ, Къэщкъэтау дэс нэхъыжьхэр нэмыцэ унафэщIхэм елъэIуащ губгъуэжьым къина сэлэтхэмрэ офицерхэмрэ щIалъхьэжыну хуит къащIыну. Арати, абыхэм «гущIэгъу» яхэлъу къыщIэкIри, закъыхуэзыгъэзахэр яхуэгъэщIэхъуакъым… Къуажэдэсхэми лIыхъужьыгъэ зезыхьа ди зауэлIхэр жылэбгъум деж щыщIалъхьэжащ. АрщхьэкIэ илъэс 70-м и кIуэцIкIэ тIэкIу-тIэкIуурэ къэIэпхъуа псыр мащэхэм гъунэгъуIуэ къахуэхъуащ. Абы гу лъызыта цIыхухэм куей унафэщIхэм зыхуагъэзащ. Мыдрейхэми совет зауэлIхэм я хьэдэхэр я закъуэ къарукIэ зыхуей зэрыхуамыгъэзэфынур къагурыIуэри, абы теухуауэ республикэм и унафэщIхэм зыхуагъэзащ. Тхыгъэри сурэтри КЪУМАХУЭ Аслъэн ейщ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30218.txt" }
Махуэшхуэм зыхуагъэхьэзыр Адыгей. Къалэ Советым-Хасэм и депутатхэм къащта унафэмкIэ республикэм и щыхьэр Мейкъуапэ и махуэр фокIадэм и 14-м ягъэлъэпIэнущ. Мейкъуапэ и махуэшхуэ нэхъыщхьэм зыхуагъэхьэзырын щIадзауэ ар зэрекIуэкIыну программэр зэхагъэувэ. Хабзэ зэрыхъуауэ, Къалэм и махуэшхуэм ирихьэлIэу Соловьев зэкъуэшхэм я цIэкIэ щыIэ муниципальнэ саугъэтым и лауреатхэр ягъэлъапIэ, «Мейкъуапэ щIыхь зиIэ и цIыху» цIэр къэзылэжьахэм хуагъэфащэ. Къалэдэсхэмрэ хьэщIэхэмрэ къапоплъэ псоми фIыуэ ялъэгъуа Iуэхугъуэхэр: махуэшхуэ жармыкIэ, къалэм зыIэригъэхьа лъагапIэхэм я гъэлъэгъуэныгъэ, фом и урысейпсо фестиваль, нэгъуэщIхэри. Ухуэныгъэхэр къызэхеплъыхь Къэрэшей-Шэрджэс. Республикэм и Iэтащхьэ Темрезов Ра-шид Черкесск къалэм и «ХытIыгу щхъуантIэ» зыгъэпсэхупIэ паркым КъШР-м и вице-премьер Уэз Муратрэ ухуэныгъэмрэ ЖКХ-мкIэ министр Смородин Сергейрэ лэжьыгъэ зэIущIэ щадригъэкIуэкIащ. Иджыблагъэ къызэIуаха теннис джэгупIэр къызэпаплъыхьа нэужь, КъШР-м и Iэтащхьэм паркым теннисымрэ футболымкIэ академиехэр щыухуэным и проект-сметэ тхылъхэр игъэхьэзырыну Смородиным къалэн щищIащ. Къыхигъэщащ дунейм и сыт хуэдэ щытыкIэми емылъытауэ спорт Iуэхугъуэхэр щегъэкIуэкIынымкIэ сыт и лъэныкъуэкIи хуэщIа IэнатIэхэр къызэрагъэпэщын зэрыхуейр. АдэкIэ республикэм и Iэтащхьэм Къэрэшей-Шэрджэсым щынэхъ ин, лIэужьыгъуэ куэд къызэщIэзыубыдэ физкультурэ-узыншагъэр щрагъэфIакIуэ комплексым и ухуэныгъэр зэрекIуэкIым щыгъуазэ зищIащ. УЭРДОКЪУЭ Женя.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30221.txt" }
Нобэ Зэныбжьэгъугъэм и дунейпсо махуэщ 1980 гъэм Израилым и кнессетым къэралым и щыхьэру Иерусалим къалэр игъэуващ. Япэ рангым и капитан, Хэку зауэшхуэм жыджэру хэта, дзэ-тенджыз щIэныгъэхэм я кандидат Вэрокъуэ Гъузер къызэралъхурэ илъэс 97-рэ ирокъу. Ингуш Республикэм и Iэтащхьэ, Урысей Федерацэм и ЛIыхъужь Евкуров Юнус-Бэч Бэмэтджэрий и къуэм и ныбжьыр илъэс 50 ирокъу Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 22 — 24-рэ, жэщым градус 17 — 23-рэ щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30223.txt" }
IуэхущIапIэхэм тутын щемыфэну япеубыд КъБР-м узыншагъэр хъумэнымрэ курортхэмкIэ и министр Шэт Ирмэ мы гъэм мэкъуауэгъуэм и 1-м тутын емыфэным теухуауэ къащта хабзэм ипкъ иткIэ, иджыблагъэ Iэ щIидзащ «ЦIыхум и узыншагъэм тутын Iугъуэр зэран хуэмыгъэхъуным теухуауэ» унафэм. Абы къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, къэрал медицинэ IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэм я къалэнщ тутын ефэным хухэха щIыпIэхэр щамыгъэIэжыну, уеблэмэ къегъэщIылIа щIыналъэми абы и Iугъуэр щыдрагъэхуейуэ зыми хуамыдэну. Тутын ефэу зэрыхуамыдэным теухуа хъыбарегъащIэ тхылъымпIэхэр IуэхущIапIэм и дыхьэпIэм, сымаджэхэр къыздрашалIэ къудамэм и деж къыщыфIалъхьэн хуейщ. Апхуэдэ хабзэр зыхуэгъэзар сымаджэхэм я закъуэкъым, атIэ абы тетын хуейщ медицинэ IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэри. — Дауи, гурыIуэгъуэщ тутын ефэным цIыхухэр зэрыхущытыр зы махуэм зэрыпхуэмыхъуэжынур, шэч хэмылъуи, апхуэдэ хабзэр куэдым ягу ирихьынукъым. Ауэ цIыхухэм я гъащIэр нэхъ кIэщI зыщI е ныкъуэдыкъуагъэр къызыхэкI гу-лъынтхуэ, лышх узыфэхэр тутын ефэным къызэришэр къыщыдгурыIуэкIэ, абы хэкIыпIэ гуэр къыхуэдмыгъуэтыныр щIэпхъаджагъэщ. Дохутырхэм ар фIы дыдэу къагуроIуэ икIи сащогугъ я сымаджэхэм а хьэл мыхъумыщIэр зыхрагъэныным я къару псори ирахьэлIэну, — жиIащ Шэт Ирмэ унафэм Iэ щыщIидзым. Щомахуэ Лилэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30225.txt" }
Инжыджокъуэм и IэнатIэщIэр Урысей Федерацэм Социальнэ страхованэмкIэ и фондым къикIа унафэм ипкъ иткIэ, УФ-м Социальнэ страхованэмкIэ и фондым Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щиIэ щIыналъэ къудамэм и унафэщIу ягъэуващ Инжыджокъуэ Сэфарбий Мухьэмэд и къуэр, нэхъапэм Росздравнадзорым и IуэхущIапIэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и Iэтащхьэу щытар. Инжыджокъуэ Сэфарбий ЩIыналъэ къудамэм и лэжьакIуэхэм Инжыджокъуэ Сэфарбий яригъэцIыхуащ Урысей Федерацэм Социальнэ страхованэмкIэ и фондым къызэгъэпэщыныгъэ-кадр лэжьыгъэмкIэ и департаментым и Iэтащхьэ Исаков Владимир. Абы теухуауэ екIуэкIа зэIущIэм щыIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къуэдзокъуэ Мухьэмэдрэ УФ-м и Президентым и лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэм КъБР-мкIэ и федеральнэ инспектор Канунников Владимиррэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30228.txt" }
Къанокъуэ Арсен шэджэмдэсхэм яхуозэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен бадзэуэгъуэм и 26-м Шэджэм къалэм щригъэкIуэкIащ щIыпIэхэм къыщызэригъэпэщ и чэзу зэIущIэ. Абы и лэжьыгъэм хэтащ КъБР-м и министерствэ зэмылIэужьыгъуэхэм, муниципальнэ куейхэм, къалэ округхэм я унафэщIхэр. Зэхуэсым и пэ къихуэу, республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен, итальян технологиещIэхэмкIэ къызэрагъэпэща «Аламат» ООО-м и жыг хадэмрэ гъавэхэкIхэр щахъумэну яухуэ центрымрэ къиплъыхьащ, къуажэ зыбжанэм щыIащ, абыхэм дэс цIыхухэм яхуэзащ. ЗэIущIэр щрагъэкIуэкIар Шэджэм район администрацэращ. Ар къыщызэIуихым Къанокъуэ Арсен жиIащ: — Куейм хыхьэ жылагъуэхэр къыщытплъыхьым, дэ дыхущIэкъуащ абыхэм дэс цIыхухэм я гукъеуэхэм щыгъуазэ зыхуэтщIыну. Псалъэм папщIэ, Шэджэм ЕтIуанэм къыдэкIыу Налшык кIуэну транспортым япэ щIыкIэ Бахъсэн лъэныкъуэмкIэ игъазэу километр зыбжанэ щIикIун хуейр сыт? Япэрей зэIущIэми абы дыщытепсэлъыхьащ, къуажэ къыдэжыпIэм и деж гъуэгу зэхэкIыпIэ щIын, светофор гъэувын зэрыхуейм теухуа унафи къэтщтауэ щытащ. Абы лъандэрэ зэман дэкIащ, ауэ Iуэхум зыгуэркIи зигъэхъеяуэ къытхуэщIакъым. КъищынэмыщIауэ, языныкъуэ хьэблэхэм махуэ ныкъуэм и кIуэцIкIэ псы яIэрыхьэркъым. Зи гугъу тщIы Iуэхугъуэхэм я мызакъуэу, социально-экономикэ и лъэныкъуэкIэ Шэджэм районым зегъэужьынымкIэ илъэс блэкIам къриубыдэу влэжьахэм нобэ дытепсэлъыхьынущ. КъБР-м и Iэтащхьэм и гугъу ищIащ куейм ис цIыхухэм лэжьапIэ зэрахуримыкъуми, гъуэгухэм я щытыкIэм арэзы укъызэримыщIми, нэгъуэщI зэкIэлъымыкIуагъэхэр зэрыщыIэми, ахэр гъэзэкIуэжыным хуэгъэзауэ, езым къызэрилъытэмкIэ, гъэзэщIапхъэхэми. — Куейм ис цIыхухэр лэжьапIэкIэ къызэгъэпэщыным хуэгъэзауэ хэкIыпIэфIу къызолъытэ мэкъумэшым ехьэлIауэ къэунэху технологиещIэхэм щIы зиIэ къуажэдэсхэри щыгъуазэ хуэщIыныр, — къыпищащ и псалъэм Къанокъуэ Арсен. — Федеральнэ мылъкуу щыт щIы Iыхьэхэр муниципальнэ къызэгъэпэщыныгъэхэм яIэрыгъэхьэжыным хуэгъэза тхылъхэр гъэхьэзэрыным еужьэрэкIын хуейщ. Псалъэм папщIэ, цIыху мин 12-м щIигъу щыпсэу Нартан къуажэм федеральнэ мылъкум щыщ щIы Iыхьэ къыIэрыхьэныр икъукIэ Iуэху щхьэпэщ. Шэджэм муниципальнэ куейм и щIыпIэ администрацэм 2012 гъэм зэфIигъэкIахэмрэ гъэ екIуэкIым къыпэщылъхэмрэ зэпкърыхауэ тепсэлъыхьащ КъБР-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Мусуков Алий. — 2012 гъэм къриубыдэу куейм къыщыщIагъэкI продукцэм щыщу нэгъуэщI щIыпIэ ирагъэшамрэ промышленностым игъэзэщIа Iуэхутхьэбзэхэмрэ ахъшэм хуэбгъакIуэмэ, сом мелуан 614,7-рэ я уасэщ, — жиIащ абы. — Ар 2011 гъэм куейм иIа хэхъуэм нэхърэ процент 15-кIэ нэхъ мащIэми, зэман гъунэгъум къриубыдэу а бжыгъэм зэрылъэщIыхьэжынум шэч хэлъкъым. Хэхъуэм щIыхэщIам и щхьэусыгъуэр районым къыщыщIагъэкI фадэм и бжыгъэр хэпщIыкIыу нэхъ мащIэ зэрыхъуарщ. Абы и пIэ мы зэманым куейм нэрылъагъуу зыщызыужь мэкъумэш производствэр иувэну гугъэ диIэщ. ЩIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Бакъ Руслан 2013 -2016 гъэхэм социально-экономикэ IэнатIэхэм зегъэужьыным хуэгъэзауэ къапэщылъхэм зыубгъуауэ тепсэлъыхьащ. КъищынэмыщIауэ, къуажэ администрацэхэм я унафэщIхэм, къехьэкI-нехьэкI хэмылъу, я Iуэху зыIутыр къаIуэтащ. ЗэIущIэм и кIэухым республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен къызэхуэсахэм яжриIащ дяпэкIэ щIыпIэ администрацэхэм я лэжьэкIэм нэхъ ткIийуэ зэрыкIэлъыплъынур, Iуэхум Iэпэдэгъэлэлу хущытхэм зэрыхуимыгъэгъунур. Абы щыгъуэми гугъу зезыгъэхьу, фIы и лъэныкъуэкIэ Iуэхум зезыгъэхъуэжыну хущIэкъу къулыкъущIэхэм зэрадэIэпыкъунури къыхигъэщащ. Аруан Балилэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30233.txt" }
Iэмал псори къагъэсэбэпакъым Мыгъэрей зэхьэзэхуэм зэрыщIидзэрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и гуп нэхъыщхьэм щекIуэкI зэхьэзэхуэм бжьыпэр щызыIыгъ «ЛогоВАЗ»-м тхьэмахуэ и пэкIэ лъэщIыхьа «Кэнжэм» къыхукъуэкIа Iэмал гъуэзэджэр къигъэсэбэпакъым. Пашэныгъэр зыугуэшыну тегушхуа кэнжэдэсхэм Шэрэдж Ищхъэрэ къуажэм удынышхуэ щахьащ. Абыхэм я гъуэм къыдагъэкIа топитхум ящыщу плIыр зейр «Къэбэрдейм» и гъуащхьауэ Жэбэтыр Ратмирщ. Аращ мы гъэм нэхъыбэ дыдэрэ къыхэжаныкIари — 26-рэ. А махуэ дыдэм бабугентдэсхэм я стадионым Налшык икIа «ГидроЭС»-р щыхагъэщIащ. Абы Iэмал къаритащ бжьыпэр я закъуэу яубыдыжыну. Пашэныгъэм щIэбэнхэм къахыхьащ «Бахъсэныр». Абы Щхьэлыкъуэ икIахэр хигъэщIащ. Къыхэгъэщыпхъэщ Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и чемпионатым и епщыкIубгъуанэ джэгугъуэр ирикъуу егъэкIуэкIа зэрымыхъуар. «Шагъдий» (Налшык) — «Тэрч» (Тэрч), «Велес» (Къэрэгъэш) — «Нарт» (Нарткъалэ) зэIущIэхэр нэхъ иужьыIуэкIэ ягъэIэпхъуащ. Апхуэдэу щыт пэтми, фыщыдгъэгъуэзэнщ адрейхэм къарикIуа бжыгъэхэм. Мис ахэр: «Шэджэм-2» (Шэджэм ЕтIуанэ) — «Спартак-Д» (Налшык) — 1:0, «ЛогоВАЗ» (Бабугент) — «ГидроЭС» (Налшык) — 3:1, «ДЕР» (Щхьэлыкъуэ) — «Бахъсэн» (Бахъсэн) — 2:5, «СК-Союз-Сэрмакъ» (Сэрмакъ) — «Эльбрус» (Тырныауз) — 3:2, «Прохладнэ» (Прохладнэ) — «Автозапчасть» (Бахъсэн) — 1:3, «Ислъэмей» (Ислъэмей) — «Къэхъун» (Къэхъун) — 2:3, «Къэбэрдей» (Шэрэдж Ищхъэрэ) — «Кэнжэ» (Кэнжэ) — 5:2. Хьэтау Ислъам.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30240.txt" }
Натхъуэмрэ Джатэгъэжьымрэ «Рубин»-р ягъэкIуатэ Европэм и лигэм футболымкIэ и зэхьэзэхуэр Къэзан и «Рубин»-м ехъулIэныгъэкIэ къыщIидзащ. Абы хэлъхьэныгъэфI хуащIащ Натхъуэ Бейбэрсрэ Джатэгъэжь Иналрэ. Натхъуэ Бейбэрс Джатэгъэжь Инал Тэтэрстаным и командэ нэхъыщхьэм щы-джэгу адыгэ щIалэхэр жыджэру хэтащ Европэм и лигэм хыхьэу иджыблагъэ щIэзыдза зэхьэзэхуэм. «Рубин»-м япэу хьэрхуэрэгъу къыхуэхъуа «Ягодина»-м и пэщIэдзэ зэIущIэм къэзандэсхэр 3:2-уэ Сербием щытекIуащ. ХьэщIэхэм дагъэкIа топхэм языхэзыр къы-зэхъулIар Натхъуэ Бейбэрсщ. Тхьэмахуэ дэкIри, етIуанэ зэIущIэр екIуэкIащ. Абы япэу «Рубин»-м и фащэр щыгъыу къыщихьащ гъуащхьэхъумэ Джатэгъэжь Инал. Ар и къалэнхэм фIы дыдэу пэлъэщащ икIи «Ягодина»-м и гъуащхьауэхэр зэи зыIэщIигъэкIакъым. Арати, къэзандэсхэр етIуанэ зэIущIэми 1:0-у щытекIуэри, Европэм и лигэм ехьэлIа зэхьэзэхуэм и етIуанэ къекIуэкIыгъуэм хыхьащ. Жыласэ Заурбэч.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30243.txt" }
Бахъсэн и спортсменхэм я медалих Краснодар крайм хыхьэ ТIуэпсы (Туапсе) къалэм боксымкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ. Абы зи зэфIэкI щызыгъэлъэгъуахэм ящыщщ Бахъсэн къалэ дэт олимп резервхэр щагъэхьэзыр сабий-ныбжьыщIэ спорт школ №2-м и гъэсэнхэри. Спортсменхэм яхэткъым медалыншэу къэна. Абыхэм дыщэу 2, дыжьыну 4 къыздашащ. Джэрыджэ Ибрэхьимрэ (кг 52-рэ) Хьэщпакъ Эдуардрэ (кг 50) я хьэрхуэрэгъухэр хагъащIэри, дыщэ медалхэр къахьащ. Хэжь Астемыр (кг 44-рэ), Гъубжокъуэ Ислъам (кг 48-рэ), Бещто Аслъэн (кг 63-рэ), Нэгъуей Мартин (кг 80 хьэлъагъым нэс) сымэ етIуанэ увыпIэр яубыдащ. Спортсменхэм ядолажьэ категорие нэхъыщхьэ зиIэ тренер Бахъсэн Нур-мухьэмэд, спортым и мастерхэу Тхьэмокъуэ Альбертрэ Чымэзокъуэ Азэмэтрэ. ТэIэщ Залинэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30247.txt" }
«Благъуэмрэ феникымрэ» Налшык щагъэлъагъуэ Ди газетым зэрытетащи, Налшык и Лъэпкъ музейм къыщызэIуахащ «Дракон и феникс в искусстве Востока» зыфIаща гъэлъэгъуэныгъэр. Благъуэм и гъэр къыщихьэм ирихьэлIэу, Москва дэт КъуэкIыпIэ къэрал музейм 2012 гъэм япэу щагъэлъэгъуа мы выставкэр Мейкъуапэ, Черкесск, Тимашевск, нэгъуэщI къалэхэми щыIащ. Къыхэгъэщыпхъэщ ар куэдым ягу зэрырихьари. Иджы чэзур Налшык къылъысащ. Благъуэмрэ фениксымрэ теухуа хъыбар, шыпсэ зыбжанэ Вьетнамым ижь-ижьыж лъандэрэ къыщокIуэкI. Хъыбархэм къызэрыхэщымкIэ, благъуэм зэфIэкIышхуэхэр иIэщ, дамэ теткъым, ауэ мэлъэтэф. Ар сытым дежи зыхуей щытыкIэм йоувэф, хьэкIэкхъуэкIэ е цIыху зыхуощI, зыми къамылъагъууи зегъэпщкIуф. Вьетнамым и ма- къамэ Iэмэпсымэхэр, унэлъащIэхэр, дэкIуеипIэхэр, нэгъуэщI хьэпшыпхэр благъуэмрэ фениксымрэ я сурэтхэмкIэ ягъэщIэращIэ. Теплъэгъуэу нэхъыбэрэ узрихьэлIэхэм ящыщщ «пшэм зыщызыгъэпщкIу бла-гъуэр», «дзыгъуэ къэзылъэты-хьымрэ благъуэмрэ», «благъуэ лъатэмрэ феникс къафэмрэ». Хабзэ хъуауэ, фениксым и образыр къагъэлъагъуэ и жьэм тхылъ жьэдэлъу, щIэныгъэм ехъулIэныгъэ щаIэным и дамыгъэщ ар. ИтIанэ, бгым къыщыкI удз гъэгъа Iэрамэхэм яхэту урохьэлIэ, мамырыгъэм, беягъэм и нэщэнэу. Къэбгъэлъагъуэмэ, нэхъапэм Китайм и къэрал ныпым благъуэшхуэ тету щытащ. Иджыри Китайм и тхылъхэм благъуэ тету урохьэлIэ, ар я лъэпкъ дамыгъэу зэрыщытым и нэщэнэу. Благъуэмрэ фениксымрэ зытет, фарфорым, ятIэ гъэжьам, пхъэм, мывэм, щэкIым къыхэщIыкIа хьэпшып зэхуэмыдэхэмкIэ (хьэкъущыкъу, Iэщэ, алэрыбгъу, щыгъын) Китайм, Японием, Кореем, Вьетнамым, Азие Курытымрэ КъуэкIыпIэ Гъунэгъумрэ я деж щытепщэ дамыгъэхэр къагъэлъэгъуащ. Утыку кърахьахэм яхэтщ гъуазджэм и фIыпIэм, лъагапIэм нэса хьэпшып гъэщIэгъуэн куэд. Лъэпкъ музейм и унафэщI Накуэ Феликс зэхыхьэр къыщызэIуихым, къыхигъэщащ благъуэм епха хъыбар куэд «нарт» IуэрыIуатэми зэрыхэтыр. Абы жиIащ Москва дэт КъуэкIыпIэ къэрал музейм и гъэтIылъыгъэхэр дяпэкIи Налшык щагъэлъэгъуэну зэригуапэр. КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Карчаевэ Iэминат республикэм исхэр мы гъэлъэгъуэныгъэм зэрыпэплъар жиIа нэужь, КъуэкIыпIэ къэрал музейм и унафэщI Седов Александр, абы и къуэдзэ Рагинский Николай сымэ мы хьэпшыпхэр къызэрашам папщIэ КъБР-м и Правительствэм къыбгъэдэкIыу фIыщIэ яхуищIащ. КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм и унафэщI Темыркъан Геннадий и псалъэм къыхигъэщащ КъуэкIыпIэ къэрал музейм зэпыщIэныгъэфI зэрыхуаIэр, абы дяпэкIи зрагъэужьыну, республикэм и гъуазджэ хъугъуэфIыгъуэхэр къалащхьэми щагъэлъэгъуэну зэригуапэр. — Москва дэт музейм къраша хьэпшып гъэщIэгъуэнхэм Японием, Китайм, Вьетнамым, Азием и нэгъуэщI къэралхэм къадекIуэкI дамыгъэхэм теухуауэ куэд къыбжаIэ. Гъэлъэгъуэныгъэр къэзышахэм фIыщIэ фхузощI республикэм и гъуазджэм и лэжьакIуэхэм къабгъэдэкIыу, дахагъэм, гуапагъэм укъыхуезыджэ мы хьэпшыпхэм дазэрыхэвгъэплъам папщIэ, — жиIащ Темыркъан Геннадий. УФ-м и цIыхубэ сурэтыщI, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием и член-корреспондент, ЩIДАА-м и академик, Красноярск гъуазджэхэмкIэ и институтым ксилографиемкIэ и студиер къыщызэзыгъэпэща икIи абы и унафэщI Пащты Герман жиIащ Москва дэт КъуэкIыпIэ къэрал музейм щIэлъ хьэпшыпхэм щыщ зы Iыхьэ ди щIыналъэм исхэм зэралъэгъуар узыщыгуфIыкIын Iуэхугъуэу зэрыщытыр. Герман къызэрыхигъэщIамкIэ, Японием, Китайм, Вьетнамым, Кореем, нэгъуэщI къэралхэм я гъуазджэ къулей КъуэкIыпIэ музейм щызэхуэхьэса псом зыщыбгъэгъуэзэн папщIэ Москва зыбжанэрэ укIуэн хуейщ. Седов Александр зэхыхьэм зыкърезыхьэлIахэм, гъэлъэгъуэныгъэм псалъэ гуапэ хужызыIахэм фIыщIэ яхуищIащ. — Выставкэм и фIэщыгъэр къыщIыхэтхами щхьэусыгъуэ иIэщ. Ар Японием, Китайм, Вьетнамым, Кореем, Азием и нэгъуэщI къэралхэм я щэнхабзэм, тхыдэм благъуэмрэ фениксымрэ мыхьэнэшхуэ зэрыщагъэзащIэрщ. Илъэс щэ бжыгъэ зыбжанэкIэ узэIэбэкIыжмэ, Кавказымрэ Кореемрэ я лъэпкъхэр зэгъунэгъуу псэуащ, зэпыщIэныгъэхэр яIэу, я бзэм зэщхь гуэрхэри хэлъу. Ар къэтлъытэри, мы гъэлъэгъуэныгъэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къэтшащ, — жиIащ абы. — Мы хьэпшыпхэм уакIэлъыплъмэ, гу лъыботэ Кавказым и гъуазджэм пыщIэныгъэ зэрыхуаIэм. Ди музейм и къудамэ Мейкъуапэ щыIэщ. Мы щIыналъэм ди хьэпшыпхэр япэу къэтшауэ аращи, махуэ тхуэхъуну, едгъэжьа Iуэхум дяпэкIи пытщэну, дызэдэлэжьэну ди гуапэщ. Рагинский Николай гъэлъэгъуэныгъэм хэтахэм фIыщIэ яхуищIри, Москва дэт КъуэкIыпIэ къэрал музейм иригъэблэгъащ. Абы къыхигъэщащ республикэм и дахагъэм, и щIыуэпс къулейм зэритхьэкъуар, къалэм зыщаплъыхьыну икIи зыщагъэпсэхуну къызэрытрагъэзэнур. Накуэ Феликс УФ-мрэ КъБР-мрэ щэнхабзэмкIэ я министрхэм фIыщIэ яхуищIащ, гъэлъэгъуэныгъэр республикэм зэрыщрагъэкIуэкIым папщIэ. Выставкэр шыщхьэIум и кIэух пщIондэ екIуэкIынущ. Абы еплъыну гукъыдэж зиIэхэр Лъэпкъ музейм пщIэншэу щIыхьэну Iэмал яIэщ. ТЕКIУЖЬ Заретэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30250.txt" }
Ислъамым и нур Махуэшхуэхэр ГъащIэм и зы пычыгъуэ закъуэ ФIыгъуэшхуэ къехъулIащ, насыпышхуи къеуэлIащ Рэмэдан мазэ лъапIэм къриубыдэу екIуу махуэм нэщI зыIыгъам, нэмэз зыщIам, псапэ къызэрахь Iэмалхэм егугъуам. А псори цIыхум къезыгъэхъулIэжыр Алыхьталэ Закъуэращи, абы фIыщIэ хуэщIын хуейщ. Длэжьар къабылу тIихыну, тхузэфIэмыкIамрэ щыуагъэу тIэщIэкIамрэ къытхуигъэгъуну делъэIупхъэщ Тхьэшхуэм. Куэд къэнэжакъым Рэмэданыр иухыным — зы тхьэмахуэ закъуэщ. Нобэ хуэдэ махуэхэм муслъымэныр мэгуфIэ, ауэ абы дэрэжэгъуэ къезытыр нэщIыр зэрикIракъым, атIэ мазэ лъапIэр къызэринэщIыфыращ, ар и кIэм зэрынигъэсыфыращ, узыншагъэкIэ Алыхьыр къызэрыхуэупсаращ. ЩIэныгъэлIхэм жаIэ: цIыхум лэжьыгъэфI зэфIигъэкIар къабыл хъуарэ мыхъуарэ къызэрищIэфыну Iэмалхэм ящыщщ: япэм зэрыщытам нэхърэ нэхъыфI хъуныр, псапэ нэхъыбэжу къэсхьащэрэт жиIэу, а гупсысэм зэрихуэныр. Уегупсысмэ, абы щэхуу хэлъыр блэжьарэ, Алыхьым пIихамэ — уэ Къытщхьэщытым и нэфIыр къыпщыхуауэ аращ. Апхуэдэ цIыхухэм ехьэлIауэ хьэдис лъапIэхэм къыщокIуэ Алыхьталэм жиIэу: «Ар фIыуэ слъэгъуа нэужь — зэрызэхих сыхуохъу, зэрыплъи сыхуохъу, зэрыIэби сыхуохъу, зэрызекIуи сыхуохъу…» (Бухъарий). Алыхьыр фIыуэ плъэгъуамэ, Езыми укъилъэгъуамэ уи гур къилъэтыным хуэдэу дэрэжэгъуэ уиIэу, Абы и цIэр уи бзэгупэм темыкIыу, и арэзыныгъэр къызэрыблэжьыным зэшыгъуэ умыщIэу утелажьэ уохъу! ГъащIэ къратам и купщIэ дыдэр къызыгурыIуа муслъымэным ещIэ Рэмэдан мазэр гъащIэм и зы пычыгъуэ закъуэ нэхъыбэ зэрымыхъур икIи нэщIыр иухамэ, лъэмыжым икIауи къыщыхъуж зэрымыхъу-нур. Аль-Хьэсэн аль-Бэщрий щIэныгъэлIышхуэм жиIащ: «Муслъымэным и лэжьыгъэм ухыпIэу Алыхьталэм хуищIар лIэныгъэ закъуэращ». Аращи, нэщIым къыхэпха гъэсэныгъэмкIэ къыкIэлъыкIуэ илъэсыр епхьэкIыну, абы къыпхилъхьа къарумкIэ гъуэгур хэбгъэщIыну аращ. НэщI ущисым зыми укъимылъагъуу ушхэфын пэтрэ ушхакъым. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, псори зылъагъу Къытщхьэщытым укъызэрищIэр пщIэти. НтIэ, апхуэдэу щрет уи гъащIэ псори: гуэныхь къэпхьыну мурад щыпщIам деж зыми укъимылъагъуми, Алыхьым укъызэрищIэр зыщумыгъэгъупщэ. Уи псэр пытыхукIэ, убауэу дунейм утетыхукIэ ДыкъэзыгъэщIам и къалэнхэр пщхьэщыкIыркъым. Алыхьыр сыт щыгъуи къыпхуэсакъыу, укъихъумэу къызэрыпщхьэщытым хуэдэу, уэри Абы фIыщIэ хуэпщIэу мы дунейм утетын хуейщ. ЦIыхум и Iэпкълъэпкъыр махуэ къэс шхыныгъуэ зэрыхуэныкъуэм хуэдэу, и псэри абы хуэныкъуэщ. Псэм шхыныгъуэ хуэхъур Алыхьым и динращ. НэщIыр зэфIэкIа иужькIэ, мэжджытым кIуэныр зыщыгъупщэр, сэдэкъэ тыныр щызыгъэтыжыр, КъурIэн еджэныр пызычыжыр — насыпыншэщ. Абы къыгурыIуакъым нэщIым и купщIэри, гъащIэ къратам и мыхьэнэри. Зыщыгъэгъупщэн хуейкъым Рэмэдан мазэр икIами нэщI Iыгъыныр зэрызэфIэмыкIар. Иджыри Шэууалым и махуихыр щыIэщ, ар къэзынэщIми илъэс псо нэщIам хуэдэу псапэ хуатхыу. Абы къищынэмыщIауи, зэмылIэужьыгъуэу псапэ нэщI куэд къигъэщIащ. ГъащIэм куэд къыщохъу икIи щхьэусыгъуэншэу зы нэщI махуэ блэзыгъэкIахэм шэрихьэт хабзэмкIэ я къалэнщ: 1. ПщылIхэм ящыщ зы иутIыпщыжыну, апхуэдэ имыIэмэ, нэгъуэщIым и деж къыщищэхужу щхьэхуит ищIыжыну. 2. НэщI мазэм къриубыдэу факъырэ 60 игъэшхэну. 3. НэщI мазэмрэ хьидымрэ иуха иужькIэ мазитIкIэ нэщIыжыну. Мыбыхэм языхэз умыгъэзэщIамэ, нэщI махуэ блэбгъэкIар упшыныжакъым. ИкIи «нобэ сыхэшхэнщи, иужькIэ сыпшыныжынщ», жыпIэу пкъутэ хъунукъым — ар къыпхуэгъунукъым. Нобэ, Алыхьым и шыкуркIэ, пщылI щыIэжкъым, «сыфакъырэщ» жаIэуи куэд урихьэлIэнукъым (абы емыкIушхуэ пылъу къалъытэри, ябзыщIмэ нэхъ къащтэ). Къэнэжыр ещанэращ — мазитIкIэ нэщIыжынырщ. Ари пхуэмыхьын Iуэхугъуэкъым, дунейм муслъымэн куэд зэрытетыр къэплъытэмэ, Алыхьыр фIыщэу зэрилъагъум къыхэкIыу зэрынэщIын хуейм мазищ щIрагъэгъуу. Фигу къэдгъэкIыжынщи, щхьэусыгъуэншэу и нэщIыр блигъэкIауэ къелъытэ цIыхум къемыузIауэ е гъуэгу темыту, ауэ сытми «нобэ, сыхэшхэнщи, зызгъэпсэхунщ» жиIэу зыщысхьыжамэ е нэщIыр зыхуимыгъэшэчыфамэ, хьэмэ махуэм лIыгъуэ-фызыгъуэ зэрихьамэ. Муслъымэн диныр хьэкъыу зи фIэщ хъум апхуэдэ щхьэусыгъуэхэр ищIынукъым. Абы зыщигъэгъупщэнукъым Алыхьталэм и лIыкIуэм жиIар: «НэщI мазэр, ищIэн псори зэрыщытын хуейм хуэдэу тэмэму езыхьэкI дэтхэнэ зыми, мазэ 1000-м пэкIуэн псапэ Алыхьым хуищIынущ». Мухьэмэд бегъымбарым и нэгъуэщI зы хьэдиси щыIэщ: «Къемэт махуэм Алыхьталэм и мелыIычхэм яжриIэнущ: «Дунейм щынэщIахэр нобэ я кхъащхьэхэм псы яхуэлIэу, мэжалIэу къотэджыкIыж. Абыхэм жэнэтым къифхи шхын, псы нэхъ гурыхь дыдэхэр къахуэфхь!». НэщI мазэм муслъымэнхэм я гупсысэхэр нэхъыбэу зэхьэлIауэ щытын хуейр Алыхьталэращ. Абыхэм ар ягъэлъапIэ, я гуэныхьыр къахуигъэгъуну йолъэIу. Къеджэфхэм Рэмэдан мазэм къриубыдэу КъурIэныр зэрыщыту ядж. НэщIым и иужьрей махуэхэр мэжджытым щагъакIуэ. Рэмэдан мазэм и 27-нэ жэщращ къэдэр жэщыр (лейлатуль кадр) икIи ар псом нэхърэ нэхъ лъапIэщ. Мы гъэм ар хуозэ шыщхьэIум и 3-мрэ 4-мрэ (щэбэтымрэ тхьэмахуэмрэ) щызэблэкIым. А жэщым Мухьэммэд бегъымбарым КъурIэным и япэ Iэятхэр къыIэрыхьащ, Алыхьым къыбгъэдэкIри. «Лъэщыгъэм и жэщыр мазэ минхэм нэхърэ нэхъ лъапIэщ! Алыхьым и фIыгъэкIэ мелыIычхэмрэ ДжэбрэIилрэ дунейм къытохьэ, унафэ ящIыну» (97-нэ сурэ). Къэдэр жэщым дэтхэнэ зы цIыхуми адэкIэ къигъэщIэнум теухуауэ, абы нэмэз ищIа иужькIэ зыщIэлъэIуахэмрэ дыуэхэмрэ елъытауэ, Алыхьталэм унафэ хуещI. А жэщым умыжейуэ Тхьэ уелъэIумэ, нэмэз пщIымэ, КъурIэн уеджэмэ нэхъыфIщ. Хьид махуэшхуэр лъапIэщ, нэщIыр езыхьэкIа дэтхэнэ зы муслъымэным дежкIи. ЗышыIэныгъэмрэ зыгъэмэжэлIэныгъэмрэ еухри, сытым дежи ущышхэ, псы ущефэ хъуну зэманыр къос. Абы щыгъуэми муслъымэнхэм зыщагъэгъупщэн хуейкъым Iэмал зимыIэ нэгъуэщI зы Iуэхугъуи — бытыр сэдэкъэр. Ар зыхузэфIэкI дэтхэнэ зы унагъуэми къулейсызхэм тыгъэ щахуищIыпхъэ пIалъэращ икIи нэщIым и иужьрей махуэхэм хьидым и пэ къихуэу ят. Бытырыр къабгъэдэкIыну я къалэнщ унагъуэм щIэс дэтхэнэми, я ныбжьым емылъытауэ. Пасэрей зэманым бытыру цIыху къэс итыну гуэдз килограмм щырыщ хуэдиз хъун къалъысу щытащ. Абы и фIыгъэкIэ къулейсызхэм илъэс псом яхурикъун шхын хузэхуахьэсырт. КIуэ пэтми, ар ахъшэкIэ зэрахъуэкIыжу щIадзащ икIи абы и куэдагъыр зытращIыхьыр гуэдзым бэзэрым щиуасэращ. Мы гъэми бытырыр цIыху къэс хуэзэу тумэнитху мэхъу. Зи узыншагъэм къимытIасэу мынэщIыфахэм, иужькIэ ар япшыныжыфыну я къарум къимыгъэгугъэмэ, Рэмэдан мазэм и махуэ къэс хуэзэу тумэн пщIырыпщI щхьэщатыкIынущ. Ахъшэ нэхъыбэ птыхукIэ, дауи, нэхъ псапэжщ. Мухьэммэд бегъымбарым жиIащ: «НэщIыр щIылъэмрэ уафэмрэ я зэхуакум дэлъщ, Алыхьым и пщылIым бытырыр итыху». А псалъэхэм яужькIэ бытыр сэдэкъэр фарзу (Iэмал имыIэу гъэзэщIэн хуейуэ) къэлъытапхъэщ. Хьидым и япэ пщэдджыжьым муслъымэнхэр, пщэдджыжьышхэм и пэ къихуэу, мэжджытым макIуэри Iимамым и гъусэу нэмэз лъапIэ ящI, нэщIым теухуа уаз йодаIуэ. Унагъуэ къэс шхыныгъуэ IэфIхэр, гурыхьхэр щапщэфI, нэхъыщIэхэр кIуэурэ нэхъыжьхэм йохъуэхъу, я нэщIыр къабыл хъуну, узыншагъэ яIэну. НэщIикIыж хьидыр махуищкIэ йокIуэкI. Ди хъер зыхэлъым ди Iэр теIэбэу, Iиман дбгъэдэлъу икIи дыузыншэу етIанэгъэ пIалъэ Алыхьым дынигъэс! Рэмэдан мазэ лъапIэм и фIыгъуэр Тхьэм къытлъигъэс! Ущие Зы унафэм зэрыщIэтыр диныр зыгъэлъэщыр Мазэм я нэхъ лъапIэм, КъурIэныр къыщехам, гуэныхьхэр куэду щагъэгъум, псапэхэр щыбагъуэм, духьэхэр нэхъ къабыл щыхъум нобэ дыхэтщ. Ахэр къызыгурыIуэу, зыхэт фIыгъуэри зыхэзыщIэу, нэгъэсауэ къэзыгъэсэбэпым и насыпщ, ауэ нобэ щхьэхынагъыр зытезыгъакIуэу, зэманыр зыгъэкIуэдыр насыпыншэщ. Муслъымэн минхэм нэмэз зэдащI. Муслъымэнхэр фIыуэ зэрылъагъухэу, зэрылъытэхэу, зэрыIыгъхэу зэрыщытыр къэзыгъэлъагъуэ дин унафэхэм ящыщщ Рэмэдан мазэр. Мы дунейм муслъымэну тетым пщэдджыжьым щэращ яшхыу, махуэм нэщI ису, пщыхьэщхьэм хэщхьэжу, жэщым турыхь нэмэз ящIу мазэр зэрекIуэкIым къегъэлъагъуэ ахэр зы Iумэту Алыхьым зэрыбгъэдэтхэр. Ежьа иужькIэ мис апхуэдэу дахэу йокIуэкI нэщI мазэр, ауэ пэщIэдзэмрэ кIэухымрэ егъэлеяуэ мыдахэ куэд ди Iуэхум къыщыхыхьэ щыIэщ. Утыкум къозэрыхь фитнэр зыфIэфIхэр, муслъымэнхэр зэкъуаудмэ, гуп-гуп иращIыкIмэ нэхъ къэзыщтэхэр, дызэкъуэтыныр, зыуэ дыщытыныр зыфIэмыфIхэр. Апхуэдэхэм лъэпкъ псор бэлыхь хадзэ, жэмыхьэтыр гуитI-щхьитI ящI, зэкъуэшхэр зыр адрейм хукIэщIэплъу къагъанэ. Псалъэмакъым и къежьапIэр мазэм и къэунэхукIэращ. А Iуэхум ехьэлIауэ щIэныгъэлIхэм я бгъэдыхьэкIэр щызэтемыхуэ къохъу. Хэти зы махуэкIэ нэхъ пасэу, хэти нэхъ кIасэу мазэр къэунэхуауэ жеIэри, Рэмэданыр къыщихьэмкIэ цIыхухэм я гум гурыщхъуэ иралъхьэ. Абы щыгъуэми зы щIыналъэм и кIуэцIкIэ зы унафэ илъын зэрыхуеймкIэ псори зэтохуэ. Иджыпсту телефонкIэ псэлъэфым е интернетым ихьэфым хьэрып щIыналъэхэр нэщI мазэм зэрихьэну е зэрикIыжыну щIыкIэр зэрегъащIэ. Абы иужькIэ «уэхьэхьей, сэ зыгуэр къэсщIащи, ар фэри къэвмыщIэмэ, сэри сыунэхъуащ, фэри фыунэхъуащ», жеIэри гужьеяуэ цIыхум ар яхехьэ. НэгъуэщI щIыпIэхэм хъыбар къизыххэм, абыхэм я щIэныгъэлIхэм ящыщ зым зыхуагъазэрэ: «Ди щIыналъэм ис еджахэм зэрытраухуамкIэ, нобэ нэщIым щIедзэ, ауэ фэ щыщIэвдзэр пщэдейщи, сыт тщIэнур?», — еупщIатэмэ, «Фи деж зэрыщаубзыхуам фытет» къыжраIэнут. Алыхьым и нэфIыр зыщыхуа Бегъымбар лъапIэми дыкъызыхуриджэр аращ: «ФыщынэщIынур цIыхухэр щынэщIым дежщ, нэщI фыщикIыжынури цIыхухэр нэщI щикIыжкIэщ» (Тирмизий). Iэбул-Хьэсэн Iэс-Синдий щIэныгъэлIым а псалъэхэм ехьэлIауэ етх: «Абы нахуэу къикIращи, цIыху зырызхэм а Iуэхум я щхьэзыфIэфIыныгъэ щIыхалъхьэн щыIэкъым, жэмыхьэтми яхэкI хъунукъым. Унафэр зыIэщIэлъыр Iимамыращ, жэмыхьэт псоращи, адрей цIыху щхьэхуэхэр Iимамым, жэмыхьэтым едэIуэн хуейщ. Абы ипкъ иткIэ, зыгуэрым мазэщIэр къилъагъурэ, Iимамым ар къабыл имыщIамэ, езым и закъуэ унафэ къимыщтэжу, жэмыхьэтым жиIэм тетын хуейщ». Уеблэмэ узыхэс муслъымэнхэр нэщIым теухуауэ щыуэрэ япэ ищхэмэ е иужь къинэхэмэ, абы щхьэкIэ къэмынэу узыхэт жэмыхьэтым, ущыпсэу щIыналъэм къыщекIуэкI хабзэм утетыну дин щIэныгъэлIхэм къагъэув. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, апхуэдэ щыуагъэм мыхъумыщIагъэ гуэр хэлъми, муслъымэнхэр зэкъуэудыным хэлъ мыхъумыщIэр куэдкIэ нэхъыбэщи. Ар фIыуэ къызыгурыIуэу щыта Бегъымбарым и телъхьэхэр (щэхьэбхэр) абы хуабжьу хуэсакъыу щытащ. Уеблэмэ, андез зыкъутэ гуэрхэм теухуауэ жаIэр зэтемыхуэ пэтрэ, итIани зэдэувурэ нэмэз зэдащIырт. КъурIэн лъапIэм къыщокIуэ: «Абыхэм (мунафикъхэм) хъыбар къаIэрыхьэмэ, ар гуауэми гуфIэгъуэми, занщIэу ягъэву. Хъыбарым и гъэIуныр лIыкIуэмрэ унафэщIхэмрэ IэщIалъхьатэмэ, нэхъ тыншу къащIэнт хъыбар ягъэIуам и пэжыпIэр» (НисаI, 83). Шэч хэлъкъым, цIыхухэр щыуэфынущ. Къуаншэу къыщIэкIыфынущ Iимам щхьэхуэхэри, жэмыхьэтхэри. Ауэ ахэр зыри ищIыскъым муслъымэнхэм я зэкъуэтыныгъэм елъытауэ. Алыхьталэм къыпхуигъэгъуфынущ нэщI мазэм нэхъ кIасэу щIэбдзэми нэхъ пасэу уикIыжми, ауэ ар фIэгъэнапIэ пщIыуэ муслъымэнхэм я зэхуаку зэтемыхуэныгъэрэ зэгурымыIуэныгъэрэ къыдэбгъахъуэмэ, жыхьэнмэм кIуэ гъуэгум утохьэ. Щыуагъэ гуэр жэмыхьэтым илэжьамэ абыкIэ жэуап зыхьыр Iимамырщ, адрейхэм гуэныхь къатехуэркъым. Аращи, зэгъусэу нэщIым дивгъэхьэ икIи дивгъэкIыж. Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэращ захуэри, псапэ зыпылъри. Зэи зыщыдвмыгъэгъупщэ: зы унафэм зэрыщIэтырщ ислъамыр зыгъэлъэщыр, и пэкIэ зыгъэкIуатэр. Фильм КъурIэным дэщIыгъуу Франджым къыщыгъэлъэгъуэн щIадзащ «КъурIэным дэщIыгъуу» телесериалыр. НэщIым и япэ махуэхэм щегъэжьауэ «Дарифтон оф Компани» франджы псапащIэ гупым къэралым къыщызэригъэпэщащ «КъурIэным дэщIыгъуу» серие куэд хъу фильмым и къэгъэлъэгъуэныгъэр. Мы къэралым и муслъымэнхэм япэ дыдэу Iэмал ягъуэтащ зэрахьэ диным и купщIэр, абы и мыхьэнэр франджыбзэкIэ утыку кърахьэну. «КъурIэным дэщIыгъуу» фильмыр серие 30 мэхъу икIи нэщIым и кIыхьагъкIэ пщыхьэщхьэ къэс ягъэлъагъуэ. Тхыгъэ лъапIэм топсэлъыхь дунейм и щIыпIэ куэдым щыщу абы фIы дыдэу хэзыщIыкIхэр. «КъурIэныр гукIэ зэрагъэщIэну муслъымэн куэд щIохъуэпс. Ар хуабжьу лэжьыгъэ гугъущ икIи зэбгъэхъулIэн папщIэ фIэщхъуныгъэ лъагэ, зышыIэныгъэ ин, лIыгъэ къызэрымыкIуэ, ерыщагъышхуэ пхэлъын хуейщ, — жаIэ фильмыр къызэзыгъэпэщахэм. — Абы щхьэкIэ къэмынэу, КъурIэным и зы напэкIуэцI нэхъ мыхъуми, махуэ къэс гукIэ зрагъэщIэну дунейм щыпсэу цIыху мелуанхэр хущIокъу». Щапхъэ Зэщхьэгъусэхэр зэбгъэдагъэкIыжыркъым Палестинэм и шэрихьэт судхэм зэщхьэгъусэхэр зэрызэбгъэдэкIыжамкIэ щыхьэт тхылъхэр Рэмэдан мазэ лъапIэм къриубыдэу ятыркъым. Палестинэ къэралыгъуэм и шэрихьэт судхэм я Iэтащхьэ Идеис Юзеф апхуэдэ унафэ къищтащ нэщI мазэм и пэ къихуэу. Адрей илъэсхэми абы тетынущ. Унафэр къащтэным щхьэусыгъуэ хуэхъуащ нэгъабэ и Рэмэдан мазэм зэбгъэдэкIыжа зэщхьэгъусэхэм я бжыгъэм хэпщIыкIыу зэрыхэхъуам. Пщэдджыжь нэмэзым къыщыщIэдзауэ ахъшэм уахътыр къихьэхукIэ псы зэремыфэм, зэрымышхэм, диным къигъэув нэгъуэщI къалэн ткIийхэр зэрагъэзащIэм языныкъуэхэр тэмакъкIэщI щищI щыIэщ икIи унагъуэхэр щызэтекъутэ къохъу. Абы щыгъуэми, унагъуэр ислъамым нэхъ игъэлъапIэ дыдэхэм ящыщщ. Ар хъума хъун папщIэщ цIыхухэр нэщI мазэм зэбгъэдэкIыжыну хуимыту Палестинэм унафэ къыщIищтар. «Кхъужьей хадэм» Сабийхэр яущий Къэбэрдей-Балъкъэрым и Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Емкъуж Анзор сабийхэм зыщагъэпсэху «Кхъужьей хадэ» санаторэм цIыкIухэм щаIущIащ. Илъэси 8-м щыщIэдзауэ 15-м нэс я ныбжьу санаторэм зыщызыгъэпсэху Къэбэрдей-Балъкъэрым, Дагъыстэным, Шэшэным щыщ сабийхэр хуабжьу яфIэгъэщIэгъуэну едэIуащ Емкъуж Анзор иригъэкIуэкIа псалъэ-макъым. Ар зэпкърыхауэ цIыкIухэм яхутепсэлъыхьащ адэ-анэм пщIэ хуащIын зэрыхуейм, нэмэз зэращI, нэщI зэраIыгъ щIыкIэм, фадэмрэ наркотикымрэ я зэраныгъэм, нэгъуэщI Iуэху щхьэпэ куэдми. КъищынэмыщIауэ, Емкъужым сабийхэм я упщIэ куэдым жэуап яритащ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30253.txt" }
ЩэкIуэгъуэ лъэхъэнэм щIедзэ КъБР-м ЩIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэм и щIэпщытыкIакIуэ (экспертнэ) комиссэм зэригъэувамкIэ, республикэм ущыщакIуэ хъуну иIэ щIыпIэхэм псэущхьэ лIэужьыгъуэу 4 къыщыбукI хъунущ. Ахэр щыхь зэмылIэужьыгъуэу тIурэ къурш бжэн, кхъуэ пIащэ хуэдэхэращ. ЩэкIуэгъуэ лъэхъэнэм 2013 гъэм шыщхьэIум и 1-м щегъэжьауэ 20I4 гъэм шыщхьэIум и 1 пщIондэ хухахащ. КъБР-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм игъэхьэзыра тхылъхэм къэпщэкIу хъуну псэущхьэхэм я цIэхэмрэ абыхэм ящыщу къэбукI хъуну бжыгъэр зыхуэдизымрэ ярытщ. ХьэкIэкхъуэкIэхэм ущещакIуэ хъуну ягъэбелджыла щIыпIэхэм псори зэхэту гектар мин 900 яубыд. КЪУМАХУЭ Аслъэн.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30263.txt" }
Шэджэмдэсхэр къофэ Шэджэм районым ЩэнхабзэмкIэ и унэм и утым щIалэгъуалэр мэрем къэс щызэхуэсурэ адыгэ къафэ щызэхаублэ. А Iуэхур зи жэрдэмыр щIыпIэ администрацэм щэнхабзэмкIэ иIэ къудамэрщ. Абы и унафэщI Вэрокъуэ Ларисэ зэрыжиIэмкIэ, щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ къафэ къудей мыхъуу, къафэм и хабзэхэм зыщагъэгъуазэ. «Шэджэм псыкъелъэхэр» цIыхубэ ансамблым и балетмейстер, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Молей Алихъан кIэлъоплъ щIалэгъуалэм адыгэ хабзэр зэрагъэзащIэм. Хабзэм тету, адыгэ джэгур уджкIэ зэхуащIыж. КIАРЭ Элинэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30265.txt" }
ФэтэрыщIэу 743-рэ КъБР-м Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм къэрал программэ хэхахэмрэ ухуэныгъэ комплексымкIэ и къудамэм къызэрыщыджаIамкIэ, мазих кIуам республикэм сом меларди 2,2-рэ и уасэ ухуэныгъэ щрагъэкIуэкIащ. Ар нэгъабэ и апхуэдэ лъэхъэнэм елъытауэ % 1,3-кIэ нэхъыбэщ. Уней псэупIэхэри хэту, IуэхущIапIэ лIэужьыгъуэ псоми метр зэбгъузэнатIэ мин 84,7-рэ хъу фэтэрыщIэу 743-рэ яухуащ. Ар илъэс кIуам и щIышылэ -мэкъуауэгъуэ мазэхэм яхузэфIэкIам процент 1,1-кIэ щIегъу. Къуажэхэм метр зэбгъузэнатIэ мин 26,7-рэ къызэрыкI фэтэру 239-рэ щащIащ. ПсэупIэхэм я нэхъыбэр метр зэбгъузэнатIэ мин 68-р унагъуэхэм хуозэ. Ар мазихым ятам и процент 80,3-рэ мэхъу. КIэрашэ Линэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30267.txt" }
Бжыгъэхэм къаIуатэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэм ахъшэу яIэрыхьэр мы гъэм и япэ илъэс ныкъуэм процент 11,2-кIэ нэхъыбэ хъуащ 2012 гъэм и апхуэдэ лъэхъэнэм елъытауэ икIи сом мелард 65,5-м нэсащ, къитащ КъБР-м Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм финанс IэнатIэмкIэ и къудамэм. Апхуэдэу цIыхухэм ахъшэу къагъэсэбэпхэмрэ ягъэтIылъхэмрэ нэгъабэ и мазихым елъытауэ процент 15,3-кIэ нэхъыбэ хъуащ икIи сом мелард 57,3-м нэсащ. ЦIыхухэм ахъшэр нэ-хъыбэу трагъэкIуадэ хьэпшыпхэр къэщэхуным, Iуэхутхьэбзэхэм я пщIэхэр тыным. БлэкIа илъэс ны- къуэм а Iуэхухэм трагъэ-кIуэдащ сом мелард 48,6-рэ. Ар 2012 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм нэхърэ проценти 4,9-кIэ нэхъыбэщ. КЪЭРЭШЕЙ Элеонорэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30269.txt" }
Абхъаз — Италие Абхъаз. Республикэм нэгъуэщI къэрал IуэхухэмкIэ и министр Чирикбэ Вячеслав яхуэзащ Абхъазым и МИД-м и лIыкIуэу Италиемрэ Сан-Маринэрэ щыIэ Мурджиа Маурэрэ Пезарэ и къалэ советым хэт Маскони Маурэрэ. Пезарэ и лIыкIуэм къыхигъэщащ я къалэ администрацэм къызэрыхилъхьам ипкъ иткIэ, Сыхъум ныбжьэгъугъэ зэпыщIэныгъэ хуаIэныр зэтраублэну зэримурадыр. «Сэ куэд щIауэ Абхъазыр зэзгъэлъагъуну сыхуейт. ИджыкIэ си щхьэ закъуэкIэ сыкъэкIуамэ, къыкIэлъы-кIуэм Сыхъум къалэ и Iэтащхьэм дыкъригъэблагъэу лIыкIуэ гупым сыщIыгъуу сыкъэкIуэну согугъэ», — жиIащ хьэщIэм. Министр Чирикбэ и чэнджэщэгъу Маскони жэрдэм къызэрыхилъхьам папщIэ фIыщIэ хуищIащ, я зэпыщIэныгъэм адэкIи зиубгъуну зэрыщыгугъыр къыхигъэщащ. Сыт и лъэныкъуэкIи зыщIагъакъуэ Адыгей. Республикэм и Iэтащхьэ ТхьэкIушынэ Аслъэнджэрий Хэкум къэзыгъэзэжахэм (репатриантхэм) я махуэм ирихьэлIэу зэIущIэ иригъэкIуэкIащ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, Хэкум къэзыгъэзэжахэм я махуэр 1998 гъэ лъандэрэ шыщхьэIум и 1-м Адыгейм щагъэлъапIэ Косовэ къыщыхъуа зэпэувыныгъэм къыхэкIыу абы щыпсэу адыгэхэр республикэм къызэрыкIуэжам и щIыхькIэ. ТхьэкIушынэм къыхигъэщащ республикэм и унафэщIхэм Сирием къикIыжхэр лъахэм щетIысэхыжын, щахэзэгъэжын папщIэ Iэмалрэ хэкIыпIэу щыIэр къызэрагъэсэбэпыр. ЗэIущIэм къызэрыщагъэлъэгъуащи, дунейм щикъухьа адыгэхэм ящыщу 1500-м къагъэзэжащ. Ахэр мэлажьэ, йоджэ, унагъуэ яухуэ. Абыхэм ящыщ куэдыр хьэрычэтыщIэ Iуэхум пыщIащ. НобэкIэ Сирием къикIыжахэу Адыгейм щетIысэхыжащ унагъуи 120-м щIигъу. Ахэр лъахэм щыхэзэгъэжын, зыхуейхэмкIэ къызэгъэпэщын папщIэ властым и органхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм яхузэфIэкI псори ялэжь. А псоми къыдэкIуэу, зыIууэ гугъуехьхэми къытеувыIащ зэIущIэм хэтахэр. республикэм и Iэтащхьэм жиIащ Урысейм и законодательствэм ипкъ иткIэ, а Iуэхугъуэхэр зэфIэхынымкIэ хэкIыпIэу щыIэр къызэрагъэсэбэпынур. Уэрдокъуэ Женя.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30271.txt" }
Нобэ 1866 гъэм лIыщIэхэр ящэну, нэгъуэщIым иратыну хуимыту унафэ къыдэ-кIащ. 1913 гъэм Петербург пэмыжыжьэу, Красное Село жылагъуэм, щекIуэкIащ Урысейм щыяпэ дзэ-хьэуа парадыр. 1958 гъэм Мурманск областым къыщызэрагъэпэщащ къэралым и Ищхъэрэ флотым и псыщIагърыкIуэ кхъухьхэм я дивизэ. Иджы ар Урысей Федерацэм и Ищхъэрэ флотым и дзэ-тенджыз базэу Видяевэ щыIэрщ. 1991 гъэм СССР-мрэ США-мрэ Москва Iэ щытрадзащ зэребгъэрыкIуэ Iэщэхэр (СНВ) гъэмэщIэным теухуа зэгурыIуэныгъэм. Экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, АКъУ-м и профессор Бидэнокъуэ Мурат и ныбжьыр илъэс 49-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 24 — 25-рэ, жэщым градус 16 — 18 щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30272.txt" }
Дамыгъэ лъапIэр къыхуагъэфащэ «ЩIыхьымрэ зэфIэкIымрэ папщIэ» дунейпсо дыщэ орденым и кавалер щIыхьыцIэмрэ щIыхь кубокымрэ хуагъэфэщащ Бахъсэн къалэ курыт еджапIэ №10-м и унафэщI Къаныкъуэ Маритэ. Апхуэдэ тыгъэ къызыбгъэдэкIыр Дунейпсо Арткомитетырщ. Къаныкъуэм къыщалъхуа щIыналъэр фIыуэ зэрилъагъум, абы щекIуэкI жылагъуэ Iуэхухэм жыджэру зэрыхэлэжьыхьым и щыхьэтщ тхыдэ-лъахэхутэ музей я школым къызэрыщызэIуахар. «Научный потенциал — XXI» урысейпсо зэпеуэм и щэнхабзэ-зыужьыныгъэ Iыхьэм ар нэхъыфIу къыщалъытащ. Курыт еджапIэм гулъытэ хэха щыхуащI ныбжьыщIэхэр гъащIэ узыншэм и телъхьэу къэгъэтэджыным. «Президент зэхьэзэхуэхэр» урысейпсо зэпеуэм школым и спортсмен гупыр илъэс етIуанэ хъуауэ хэтщ. 2012 гъэм щIалэхэр зыхэта апхуэдэ зэпеуэм Урысейм и гуп нэхъыфIу къалъыта 15-м дыдейхэри яхэхуащ. «ЩIыхьымрэ зэфIэкIымрэ папщIэ» орденымрэ щIыхь кубокымрэ зыхуагъэфэщахэм щратыжащ Москва. Мамырыгъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ я унэм а Iуэхур Дунейпсо Арткомитетым щригъэкIуэкIащ. Апхуэдэ зэхыхьэр гъэ къэс къызэрагъэпэщ. Дамыгъэр зыхуагъэфэщахэм яхэтщ къэрал, жылагъуэ, политикэ лэжьакIуэхэр, щIэныгъэм, медицинэм, егъэджэныгъэм, щэнхабзэм, спортым ехъулIэныгъэ щызиIэхэр. ТЭIЭЩ Элинэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30274.txt" }
КъБР-м и Iэтащхьэм и пщIэм хохъуэ «Медиалогие» IуэхущIапIэм 2013 гъэм и мэкъуауэгъуэм губернаторхэм я медиарейтингхэр игъэхьэзыращ. КъБР-м и Iэтащхьэм еплIанэ увыпIэр иубыдащ, еханэ увыпIэм икIри. Фигу къэдгъэкIыжынщи, «Мониторингым и лъэпкъ IуэхущIапIэм» къитахэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, Къанокъуэ Арсен журналистхэм зэраIущIэм, и лэжьыгъэр хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ хэIущIыIу зэрищIым тещIыхьауэ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и Iэтащхьэхэм я деж етIуанэ увыпIэр щиIыгъщ. Абы къыдэкIуэу КъБР-м и Iэтащхьэм УФ-м и губернаторхэм я масс-медиа зэIухахэм я деж и рейтингыр куэдкIэ щригъэфIэкIуащ, накъыгъэм иIыгъа 59-нэ увыпIэм къикIри мэкъуауэгъуэм 9-нэм нэс дэкIуейри. Лэжьыгъэр зэIухауэ къалъытэ къипсэлъауэ къытрадзахэмрэ и цIэр хэту къата хъыбархэмрэ я бжыгъэхэр зэхалъхьэжри. ТОП рейтингым хагъэхьэр СМИ-хэр нэхъыбэу зытепсэлъыхь къулыкъущIэхэркъым, атIэ абыхэм жаIауэ традзэхэм я куэдагъым тещIыхьауэщ. КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30276.txt" }
Къанокъуэ Арсен: Дэтхэнэ зыми ткIийуэ жэуап ихьынущ КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен дыгъуасэ иригъэкIуэкIащ Правительствэм и зи чэзу зэIущIэ. Ар теухуауэ щытащ Зыуэ щыт къэрал экзаменхэр республикэм зэрыщекIуэкIам. Экзаменхэм теухуауэ кърахьэкIа псалъэмакъхэр зыхуэдэм псоми фIы дыдэу зэрыщыгъуазэр къыхигъэщри, ар къызыхэкIар зригъэщIэну зэрыхуейр жиIащ республикэм и унафэщIым зэIущIэр къыщызэIуихым. Зэраубзыхуам тету, адэкIэ утыкур хуит хуащIащ КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Семэн Пщыкъан. Зыуэ щыт къэрал экзаменхэр республикэм зэрыщекIуэкIам, абы кърикIуахэм я гугъу ищIу къыщIидза псалъэмакъыр зэуэ зэпиудащ республикэм и Iэтащхьэм. — Сэ сыхуейкъым псори хъарзынэу, дэгъуэу къыщыгъэлъэгъуа доклад, — жиIащ Къанокъуэ Арсен, министрым зыхуигъазэу. — Сэ сызыхуейр ипэжыпIэкIэ Iуэхур зэрыщытырщ. ЕГЭ-р къызэгъэпэщынымкIэ, ар егъэкIуэкIынымкIэ илъэс зэкIэлъыкIуэхэм ди республикэр нэхъыфIхэм хабжэу екIуэкIащ. Ауэ мы гъэм абы и лъэныкъуэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIэр фIыкIэ Iуакъым. Къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм ЕГЭ-р щатым хабзэр къызэпаудащ 330-рэ, абы щыщу 78-р къыщыхъуар Къэбэрдей-Балъкъэрырщ. АбыкIэ жэуап зыхьхэм апхуэдэ щыуагъэ щIыфIэщIэкIар къызгурывгъаIуэ. Хабзэр къызэрызэпаудам теухуауэ къэпщытэныгъэхэр ирагъэкIуэкIыну унафэ щыIащ. Абы и лъэныкъуэкIэ уэ ткIийуэ дызэрынопсэлъам жэуаплыныгъэр зыкIи пщхьэщихакъым. Сэ сщIэн хуейщ апхуэдэ щытыкIэ дыкъыщIихутам и щхьэусыгъуэ пэжыр, етIанэгъэ апхуэдэ щыуагъэ тIэщIэмыкIын папщIэ. Сэ къызгуроIуэ: уэ уи къулыкъум узэрыпэрыхьэрэ зэман куэд дэкIакъым, пхузэфIэкIыну псори къэбгъэлъэгъуэну ухунэсакъым. Аращ мызыгъуэгукIэ уи Iуэхум нэхъ ткIийуэ иужь дыщIимыхьар. Дауэ хъуми, Iуэхур апхуэдэу къызэрекIуэкIамкIэ жэуап зы-хьыр уэращи, абы теухуа уи Iуэху еплъыкIэр сщIэну сыхуейщ. Министрым жиIащ экзаменхэр къызэгъэпэщыныр, егъэкIуэкIыныр зи пщэ далъхьэну цIыхухэр къыщыхахым щыуагъэ зэраIэщIэкIар, ирагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм наIуэ къызэращIам ипкъ иткIэ, а IуэхумкIэ къуаншэхэр я къулыкъум зэрытрагъэкIар. — Егъэджэныгъэр хьэрычэтыщIэ Iуэхум хуэбгъакIуэ хъунукъым, — къыхигъэщащ республикэм и Iэтащхьэм. — ЭкзаменымкIэ къапщытэн хуейр еджакIуэм и щIэныгъэрщ, атIэ абы и адэ-анэм мылъку и лъэныкъуэкIэ яIэ зэфIэкIыракъым. Сабийм щIэныгъэр къищэхун хуейуэ аракъым, ар абы бгъэдалъхьэну я къалэнщ. КъБР-м и Iэтащхьэм унафэ ищIащ республикэм ЕГЭ-р щрагъэкIуэкIым ялэжьа хабзэншагъэхэм папщIэ Егъэ-джэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ министерствэм егъэджэныгъэм кIэлъыплъынымкIэ, ар къэпщытэнымкIэ и департаментым и унафэщI Джаппуевэ Тамарэ и къулыкъум трагъэкIыну. Апхуэдэу къулыкъущIэхэм ящыщу а Iуэхур зи нэIэ щIэтхэми жэуап зэрахьыпхъэр къыхигъэщри, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Портэ Галинэ и IэнатIэм зэрыIуигъэкIымкIэ унафэ зэрищIар жиIащ Къанокъуэ Арсен. — Махуэ зыбжанэ и пэкIэ Шэджэм районым дыщыщыIам, си къэпсэлъэныгъэм къыхэщащ дяпэкIэ псоми ткIийуэ сазэрыхущытынур, — жиIащ республикэм и Iэтащхьэм. — Зыми жэуаплыныгъэр щхьэщысхынукъым. Зэман гъунэгъум къриубыдэу республикэм и егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэм къэпщытэныгъэхэр щевгъэкIуэкIи, абыхэм я унафэщIхэр я къулыкъум зэрыхуэфащэмрэ зэрыпэлъэщымрэ наIуэ къэфщI. Егъэджэныгъэ IэнатIэм Iуэхур тэмэму щызэтевублэ. Ар фымыгъэзащIэрэ — нэгъуэщI зыгуэрущ дызэрызэпсэлъэнур. Зи IэнатIэм пэмылъэщ дэтхэнэ зыми ткIийуэ жэуап ихьынущ. Сэ псоми пщIэ фхузощI икIи тэмэму сыфхущытщ, ауэ, фи къулыкъур къэвгъэсэбэпкIэрэ, мыхъумыщIагъэхэр фщIэуэ республикэм и напэр тефхыу фхуэздэнукъым. Фэ къулыкъу фыщыпэрыткIэ, фи щхьэм и закъуэкъым жэуап щIэфхьыр, атIэ республикэм къраплъыну фэр дэтхэнэ зыми елъытащ. АдэкIэ Къанокъуэ Арсен жиIащ УФ-м и Къэзыбж палатэм къыщIигъэща ныкъусаныгъэхэм щхьэкIи ахэр зи зэранхэр жэуапым зэрырашэлIэнур. «Къэпщытэныгъэхэм кърикIуахэр зы мазэкIэ зэхэвгъэкIи, Iуэхур зыIутым щыгъуазэ сыфщI, — пищащ республикэм и унафэщIым. — Къуаншэхэм псоми ткIийуэ жэуап едгъэхьынущ, уеблэмэ я къулыкъухэми IудгъэкIынущ». ЗэIущIэ нэужьым КъБР-м и Iэтащхьэр журналистхэм яIущIащ. Абдежым Къанокъуэ Арсен щыжиIащ ЕГЭ-м теухуауэ хабзэр къызэрызэпаудам, республикэм и цIэр къэрал псом IейкIэ зэрыщагъэIуам икъукIэ къызэригъэгубжьар. «Апхуэдэ мыхъумыщIагъэр зыщIахэм нэсу жэуап зэрахьын хуейр гурыIуэгъуэщ, — жиIащ республикэм и Iэтащхьэм. — Къэпщытэныгъэхэм кърикIуахэм япкъ иткIэ, нобэ зэхэфха унафэр къэсщтащ. Къулыкъу зыIыгъ дэтхэнэри и къалэныр нэсу зэрызэфIихыным хущIэкъупхъэщ, апхуэдэуи илэжьымкIэ зэрыжэуаптакIуэр ищIэу щытын хуейщ. Зи пщэрылъыр зымыгъэзэщIэф псоми ткIийуэ сахущытынущ, зи IэнатIэм зыщыщIезыгъэххэм дащысхьын хуэмейуэ къызолъытэ. Министрхэм къагурыIуэн хуейщ я нэIэм щIэт унэтIыныгъэм щекIуэкI сыт хуэдэ IуэхумкIи псом япэрауэ езыхэм жэуап зэрахьыр. ЯхузэфIэмыкIынумэ, апхуэдэ къалэн я пщэ драмылъхьэж». Журналистхэм УФ-м и Къэзыбж палатэм къыщIигъэщахэм я гугъу щащIым, Къанокъуэ Арсен жиIащ а IуэхумкIэ яIэщIэкIа ныкъусаныгъэхэр зэрагъэзэхуэжыну пIалъэ гуэр зэрахуигъэувар, ар тэмэму зэхуамыгъэкIуэжыфмэ, къуаншэхэм тезыр зэрахьынур. ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30278.txt" }
Портэ Г.I. и IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ 1. Портэ Галинэ Iэбубэ и пхъум Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэм и къулыкъур щхьэщыхын. 2. Мы Указым къару егъуэт Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен Налшык къалэ 2013 гъэм бадзэуэгъуэм и 30-м №116-УГ
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30282.txt" }
НыбжьыщIэхэр фIым хуаущий Прохладнэ къалэм щыIэ, сабийхэм я узыншагъэр щрагъэфIэкIуэж «Жемчужина» зыгъэпсэхупIэм щекIуэкIащ «Гъэмахуэ узыншэ» Iуэху щхьэпэр. Наркотикым димыхьэхын, узыншэу псэун папщIэ, ящIапхъэхэм теухуауэ псалъэмакъ щхьэпэхэр драгъэкIуэкIыну сабийхэм яхуэзащ КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымрэ курортхэмкIэ, Спортымрэ туризмэмкIэ, Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэхэм, Наркотикхэм кIэлъыплъынымкIэ, МафIэсым пэщIэтынымкIэ IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэр, Прохладнэ къалэ администрацэм и унафэщIым и къуэдзэ Клешня Ларисэ сымэ. Наркотикым къишэ зэраныгъэм теухуа фильм ирагъэплъа иужь, дохутыр ПащIэ Артур абыхэм яхутепсэлъыхьащ а щхъухь бзаджэм акъылыр зэрызэIигъэхьэм, узыншагъэр зэрыригъэкIакIуэм. МафIэсым пэщIэтынымкIэ IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэм ныбжьыщIэхэм ирагъэлъэгъуащ я IэнатIэм къыщагъэсэбэп Iэмэпсымэхэр. МафIэсгъэункIыфIым и щыгъыныр хэт нэхъ псынщIэу щитIэгъэфми зэхагъэкIыну къыщыхалъхьэм, зэIущIэм кърихьэлIахэм къахэкIащ къагъэлъэгъуа зэманым къитIэса ныбжьыщIэ жыджэрхэр. «КъегъэлакIуэ ныбжьыщIэ» зэпеуэм зи зэфIэкI щызыгъэлъэгъуа сабийхэм я деж нэхъыфIу къыщалъытащ Габайраевэ Дарье, Пахомов Всеволод, Оболошинэ Дианэ сымэ. ЗэIущIэм и кIэм мафIэсым пэщIэтынымкIэ IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэм псыр къагъэсэбэпкIэрэ, нэгузыужь теплъэгъуэ ягъэлъэгъуащ. Чернышев Денис.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30285.txt" }
Къэралым щынэхъыфIхэм ящыщщ Европэм авиамодель спортымкIэ пашэныгъэр къыщыхьынымкIэ зэпеуэ Болгарием и Азарджик къалэм щызэхэтащ. Урысейм и ныбжьыщIэ командэ къыхэхам абы бжьыпэр щиубыдащ. Гупым балл нэхъыбэ къыхуихьащ Нарткъалэ щыщ, илъэс 17 зи ныбжь авиамоделист Кустарников Сергей. техник ныбжьыщIэхэм я станцу Нарткъалэ щыIэм и гъэсэныр илъэситI и пэкIэ УФ-м и командэ къыхэхам хагъэхьащ. 2013 гъэм Сергей европей зэхьэзэхуэм хэтащ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и мызакъуэу, Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм и цIэкIэ. Къэралым и спортсмен нэхъыфIхэм ящыщу къалъытэ Кустарниковыр. Илъэс 14 ныбжьым иту ар авиамодель спортымкIэ мастерым и кандидат хъуащ, 2010, 2012 гъэхэм ныбжьыщIэхэм я зэпеуэхэм щытекIуащ, нэгъабэ Урысейм и Кубокыр ныбжьыщIэхэм я деж япэу къыщызыхьар аращ. Болгарием щекIуэкIа зэхьэзэхуэм хэхуар Урысейм и авиамоделист нэхъыфIхэм ящыщу 9-щ. Тренерхэм къэралым и щIыхьыр яхъумэну спортсмен ныбжьыщIэхэм хуагъэува къалэнхэр къайхъулIащ. СОКЪУР Риммэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30289.txt" }
ЩIДАА-м и илъэс зэхуэсышхуэм зыхуагъэхьэзыр 2013 гъэм шыщхьэIум и 23 — 24-хэм Налшык щызэхэтынущ ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ (Шэрджэс) Академием и Зэхуэсышхуэр. Академием и президиумым иубзыхуащ ЩIДАА-м къудамэхэм я соискателхэр. 1. ЩIДАА-м математикэ щIэныгъэхэмрэ нано-информацэ технологиехэмкIэ и къудамэм ЩIДАА-м и действительнэ члену: 1. Шыбзыхъуэ Заур Мухьэдин и къуэр — ЩIДАА-м и член-корреспондентыр, физико-математикэ щIэныгъэхэм я докторыр, РАН-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым прикладной математикэмрэ автоматизацэмкIэ и институтым и щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыжьыр (Налшык) 2. Шумахуэ Мухьэмэд Мишаустэ и къуэр — физико-математикэ щIэныгъэхэм я докторыр, Адыгей къэрал университетым математикэ анализымрэ математикэр егъэджыным и методикэмкIэ и кафедрэм и унафэщIыр (Мейкъуапэ) 2. ЩIДАА-м энергетикэмкIэ, машинэ щIынымкIэ, механикэмкIэ, IэнатIэхэр зехьэнымкIэ и къудамэм ЩIДАА-м и действительнэ члену: 1. Балъкъэр Руслан Аслъэнбий и къуэр — ЩIДАА-м и член-корреспондентыр, техникэ щIэныгъэхэм я докторыр, «КIуэкIуэ В. М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университет» профессиональнэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ щрагъэгъуэт федеральнэ къэрал еджапIэм «Мэкъумэш IэнатIэм къыщагъэсэбэп машинэхэм зэракIэлъыплъ, ахэр зэрызэрагъэпэщыж щIыкIэхэр» и кафедрэм и профессорыр (Налшык) 3. ЩIДАА-м медико-биологие щIэныгъэхэмкIэ и къудамэм ЩIДАА-м и член-корреспонденту: 1. Даур Борис Индрис и къуэр — медицинэ щIэныгъэхэм я докторыр, диплом зиIэхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ Урысей медицинэ академием тхьэмбыл узыфэхэмкIэ и кафедрэм и профессорыр (Москва) 4. ЩIДАА-м жылагъуэ щIэныгъэхэмкIэ и къудамэм ЩIДАА-м и действительнэ члену: 1. Елъыхъу Олег Адэл-Джэрий и къуэр — ЩIДАА-м и член-корреспондентыр, экономикэ щIэныгъэхэм я докторыр, «Кавказ Ищхъэрэ къэрал гуманитар-технологие академие» профессиональнэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ щрагъэгъуэт федеральнэ къэрал еджапIэм менеджментымрэ маркетингымкIэ и кафедрэм и профессорыр (Черкесск) 2. Къэсей Борис СулътIан и къуэр — ЩIДАА-м и член-корреспондентыр, экономикэ щIэныгъэхэм я докторыр, профессорыр, УФ-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм экономикэмрэ хьэрычэт щIэнымкIэ и институтым щIэныгъэ лэжьыгъэмкIэ и проректорыр, (Москва) ЩIДАА-м и член-корреспонденту: 1. Шыбзыхъуэ ФатIимэ Хьисэ и пхъур — философие щIэныгъэхэм я докторыр, профессорыр, «Егъэджэныгъэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэм я Iэзагъэм щыхагъахъуэ Къэрэшей-Шэрджэс республикэ институт» республикэ къэрал бюджет IуэхущIапIэм социологиемрэ философиемкIэ и кафедрэм и унафэщIыр (Черкесск)
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30293.txt" }
Тхыдэ напэкIуэцIхэр къызэрыщ сурэтхэр Сэралъп Мадинэ и арт-центрым къыщызэIуахащ УФ-м и журналистхэм я союзым хэт, «Адыгэ псалъэм» и журналисту щыта, сурэтыщI-художник Къарей Элинэ и лэжьыгъэхэм я гъэлъэгъуэныгъэ. Къарей Элинэ «Геометрия форм» зыфIаща мы выставкэм Къарейм и лэжьыгъэхэм я закъуэу япэу щагъэлъэгъуащ. СурэтыщI гъуазджэм и классик Картье-Брессон Анри и жыIэхэм ящыщщ Элинэ и лэжьыгъэхэм «псалъащхьэ» хуащIар. Лэжьыгъэ къэс тхыдэм щыщ Iыхьэ гуэрхэр къыщыгъэлъэгъуащ. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, Налшык, Сыхъум (Абхъаз Республикэ) къалэхэм илъэс куэд и пэкIэ щаухуа, кхъахэ хъуа унэхэр, абыхэм я бжэ-щхьэгъубжэ зэIухахэр е зэхуэщIахэр. ЖыпIэнуракъэ, сурэт къэс къыбоджыкI къалэхэм я тхыдэм щыщ гуэрхэр, блэкIа жыжьэм ухагъаплъэу, гупсысэхэм ухашэу. Щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я архитектурэ фэеплъхэм хуэфащэ гулъытэ зэрыхуамыщIым урагъэгупсыс Къарейм и лэжьыгъэхэм. Гъэлъэгъуэныгъэм иджыри зэ наIуэ ищIащ Элинэ зэфIэкI, езым и Iуэху бгъэдыхьэкIэ зиIэ сурэттехыу зэрыщытыр. Абы и лэжьыгъэхэм дахагъэри гупсысэри щызэхэухуэнащ. ЩIэ куэд зыхэплъагъуэ и сурэтхэм я купщIэр дэтхэнэ зым дежкIи гурыIуэгъуэми, лэжьыгъэхэм щхьэж зы-хуейр хелъагъуэ. Зэхыхьэм кърихьэлIащ гъуазджэм, щэнхабзэм я лэжьакIуэхэр, дахагъэр фIыуэ зылъагъухэр, Элинэ и ныбжьэгъухэр, благъэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ. Гъэлъэгъуэныгъэр шыщхьэIум ику пщIондэ екIуэкIынущ. Элинэ и благъэхэм, Iыхьлыхэм, ныбжьэгъухэм яхэтщ. ТЕКIУЖЬ Заретэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30295.txt" }
«Кабардинка»-р илъэс 80 ирокъу
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30304.txt" }
КъБР-м и ТВ-мрэ радиомрэ 1 КъБР «Мир» канал Блыщхьэ, шыщхьэIум и 5 7.00 Мультфильм (6+) 7.20 «Iущыгъэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (6+) 7.40 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» 8.15 «ЦIыхухъухэм папщIэ». Тележурнал (16+) 8.45 «Гъэмахуэм». «Налмэс» гъэмахуэ зыгъэпсэхупIэ лагерыр (адыгэбзэкIэ) (12+) 9.10 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 18.00 Мультфильм (6+) 18.20 ЦIыхубэ творчествэм и дунейпсо фестивалу Бобруйск къалэм щекIуэкIам къратыкI репортаж (12+) 19.30 «Тырку дунейм и щIэин». КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ Гуртуев Берт и щIыхькIэ Тыркум щекIуэкIа пшыхьым къратыкI репортаж (балъкъэрыбзэкIэ) 20.10 «Бизнес цIыкIум зэрызиужьыр». Жылагъуэ палатэм и тхьэмадэ Тау Пщыкъан (16+) 20.40 «Усэхэр зэрыт тетрадь». УсакIуэ Къылышбий Исмэхьил (адыгэбзэкIэ) (12+) 21.05 «Гум имыхуж». РСФСР-м и цIыхубэ артист Сонэ Мухьэрбий (адыгэбзэкIэ) (12+) 21.40 ХъыбарыщIэхэр Гъубж, шыщхьэIум и 6 7.00 Мультфильм (6+) 7. 20 «Хьэлэл фхухъу!..» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 7.55 «IуэхуфI лэжьыным хуэгъэпса мурадхэр». Къэрэшей-балъкъэр щIалэгъуалэм я «Эльбрусоид» фондыр илъэси 10 ирокъу. Япэ Iыхьэ (12+) 9.00 «Чемпионхэр». Иджырей пятиборьемкIэ спортым и мастер Кабалоев Георгий (12+) 9.25 «Хэбзэжь хэкужь къранэркъым» (адыгэбзэкIэ) (12+) 18.00 Мультфильм (6+) 18.15 «Седьмая скорость». Автомобилистхэм папщIэ тележурнал (12+) 18.30 ЦIыхубэ творчествэм и дунейпсо фестивалу Бобруйск къалэм щекIуэкIам къратыкI репортаж. КIэухыр (12+) 19.30 «Гъунапкъэхэр». Тележурнал (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 20.00 «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и тхыдэм щыщщ». Кинорежиссёрхэу Вэрокъуэ Владимиррэ Мартиросовэ Ринэрэ я фильм (12+) 20.35 «Динымрэ гъащIэмрэ» (адыгэбзэкIэ) (12+) 21.05 «Нобэ, пщэдей…». Сирием къикIыжа адыгэхэр. Япэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (12+) 21.40 ХъыбарыщIэхэр Бэрэжьей, шыщхьэIум и 7 7.00 Мультфильм (6+) 7.15 «Унагъуэ». Османовхэ я унагъуэр (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 8.00 «IуэхуфI лэжьыным хуэгъэпса мурадхэр». Къэрэшей-балъкъэр щIалэгъуалэм я «Эльбрусоид» фондыр илъэси 10 ирокъу. ЕтIуанэ Iыхьэ (12+) 9.00 «ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэр. Тхыдэмрэ иджырей зэманымрэ» (16+) 9.30 «ФIым телэжьэн». УсакIуэ-уэрэдус Багъэтыр Нинэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 18.00 «Тырку дунейм и щIэин» (16+) 18.30 «ТВ-галерея». Гусейнов Олег (12+) 19.30 «Дызэгъусэу». ЩIалэгъуалэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 19.55 «Прорыв» программэр. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университет (16+) 20.25 «Гум къиIукI уэрэд». Музыкэ театрым и уэрэджыIакIуэ Уэтэр МуIэед (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.55 «Нобэ, пщэдей…». Сирием къикIыжа адыгэхэр. ЕтIуанэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (12+) 21.30 «Зи чэзу псалъэмакъ» (16+) 21.40 ХъыбарыщIэхэр Махуэку, шыщхьэIум и 8 7.00 Мультфильм (6+) 7.10 «Ди щIэин» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 7.55 «Ретроспектива». «Псы нэху». Телевизионнэ фильм (12+) 8.10 УсакIуэ Семэн Руслан (12+) 8.45 «ЩIэныгъэлI». Химие щIэныгъэхэм я доктор Шурдым Барэсбий (адыгэбзэкIэ) (16+) 9.10 «ГъащIэ гъуэгуанэ». КъБР-м и цIыхубэ артист Думэныщ Iэулэдин (адыгэбзэкIэ) (16+) 18.00 Мультфильм (6+) 18.20 «Зэманымрэ цIыхумрэ». Социалист лэжьыгъэм и лIыхъужь Евтушенкэ Николай (12+) 19.30 Мультфильм (6+) 19.40 СурэтыщI Ахматов Лиуан (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 20.10 «Чемпионхэр». Иджырей пятиборьемкIэ спортым и мастер Гобеев Азэмэт (12+) 20.35 «Нэхъ лъапIэ дыдэ». Тутын ефэным къишэ зэраныгъэр (12+) 21.05 «Джэрпэджэж». Тележурнал (адыгэбзэкIэ) (12+) 21.40 ХъыбарыщIэхэр Мэрем, шыщхьэIум и 9 7.00 Мультфильм (6+) 7.10 «КъежьапIэ». Эльбрус жылагъуэм дэт щэнхабзэмкIэ унэр зэрылажьэр (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 8.00 «Зэманым и гъуджэ». Лэжьыгъэм и ветеран, СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и депутату щыта Чеченовэ Маймулат (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 8.30 «Зэманымрэ цIыхумрэ». Иджырей гуманитар академием и ректор Атабиев Алий (16+) 9.10 «Пшынэ Iэпэр псалъэу». Пшынауэ Къудей Зое (адыгэбзэкIэ) 9.45 «Адыгэ шхыныгъуэхэр» (адыгэбзэкIэ) (12+) 18.00 Мультфильм (6+) 18.15 «Си уэрэд». КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Бэрэгъун Марианнэ и концерт (адыгэбзэкIэ) (12+) 19.30 Гундэлэн къуажэм щыпсэу Текуев Камал (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 19.55 «Музейхэр» программэр (12+) 20.25 «КъэфакIуэ». КъБАССР-м уэрэдымрэ къафэмкIэ и къэрал ансамблым и япэ солисткэ Къэнэмэт Марие (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.55 «49-нэ каналым и пощт» 21.40 ХъыбарыщIэхэр Щэбэт, шыщхьэIум и 10 7.00 Мультфильм (6+) 7.10 «Насып». Лэжьыгъэм и ветеран Гаев Хьэбибуллахь (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 7.55 «Ретроспектива». «Шагъдий». Телефильм (12+) 8.10 «Си лъахэ». Аушыджэр Iуащхьэхэр. Япэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (12+) 8.35 «Псэм и лъахэ». УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, публицист КхъуэIуфэ Хьэчим (адыгэбзэкIэ) (12+) 9.10 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 17.30 Мультфильм (6+) 17.40 «Iущыгъэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (6+) 18.00 «Тырку дуней». Уэрэдус, уэрэджыIакIуэ Султанбеков Арсланбек. ПэщIэдзэр (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 18.30 «Ыйыкъ». ХъыбарыщIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ) 18.45 «ГъащIэ гъуэгу». Культурологие щIэныгъэхэм я доктор Урысбий ФатIимэ и фэеплъу (12+) 19.20 «Универсиада-2013». Япэ нэтын (12+) 19.50 «Узыншэу фыщыт». Тележурнал (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.15 «Адыгэм и дуней» нэтыныр (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.55 «Республикэм щыхъыбархэр». ХъыбарыщIэхэр (адыгэбзэкIэ) Тхьэмахуэ, шыщхьэIум и 11 7.00 Мультфильм (6+) 7.15 «Унагъуэ». Шэджэм Ищхъэрэ къуажэм щыпсэу Малкаровхэ я унагъуэр (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 7.40 «Ыйыкъ». ХъыбарыщIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ) 7.55 «НэхъыфI псори — сабийхэм». НыбжьыщIэхэм папщIэ театр (12+) 8.25 «Си лъахэ». Аушыджэр Iуащхьэхэр. ЕтIуанэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (12+) 8.55 «Республикэм щыхъыбархэр». ХъыбарыщIэхэр (адыгэбзэкIэ) 9.10 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 18.00 Мультфильм (6+) 18.10 «Тырку дуней». Уэрэдус, уэрэджыIакIуэ Султанбеков Арсланбек. КIэухыр (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 18.45 «Гупсысэр — псалъэкIэ» (12+) 19.15 «Универсиада-2013». ЕтIуанэ нэтын (12+) 19.45 «ЩIыуэпс». Дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэным теухуауэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.15 «Гум имыхуж». ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и артисткэ Шыгъушэ Лидэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.45 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 21.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» КъБР-м и ТВ Блыщхьэ, шыщхьэIум и 5 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ) 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ) 14.30, 17.15, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 18.30 «Ди щIэин». ГъукIэхэм я зэхуэс 19.00 «Апхуэдэ гъащIэ» Гъубж, шыщхьэIум и 6 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр 9.00 «Унагъуэ альбом» 9.30 «Реалекс» 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ) 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ) 14.30, 17.15, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 18.30 «Зэманым и лъэужь» программэр. Лукьяненкэ Ю. Бэрэжьей, шыщхьэIум и 7 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ) 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ) 14.30, 17.15, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 18.30 «Адэхэмрэ бынхэмрэ». Ток-шоу Махуэку, шыщхьэIум и 8 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр 9.00 «Нобэ япщэфIхэр» 9.30 «Тоути» 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ) 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ) 14.30, 17.15, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 18.30 «Дыгъуасэ. Нобэ. Пщэдей». КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ЗэрамыщIэ Заретэ. ЕтIуанэ Iыхьэ 19.05 «Зэманымрэ цIыхумрэ». Курданов В. и гъащIэмрэ и творчествэмрэ Мэрем, шыщхьэIум и 9 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр. 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ) 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ) 14.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 17.15 ЩIыпIэ зэман. Кавказ Ищхъэрэм щыхъыбархэр 18.30 «Вояж» Щэбэт, шыщхьэIум и 10 8.10, 11.10, 14.20 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 10.05 «Нобэ япщэфIхэр» 10.40 «Реалекс» Тхьэмахуэ, шыщхьэIум и 11 10.20 ЩIыпIэ зэман. «Тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» 14.20 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр ВГТРК-м и радио Блыщхьэ, шыщхьэIум и 5 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10 7.25 — 7.45 Концерт. «Гукъыдэж» (адыгэбзэкIэ). 7.45 — 8.00 Мокаев Магомет «Усыгъэм и дакъикъэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 10.15 — 10.30 Хъупсырджэн Хьэмидбий. «Алий и мывэ» радиорассказыр (адыгэбзэкIэ). 13.25 — 14.00 «Iуэху куэд щызэфIагъэкI блыщхьэ». 16.25 — 16.33 Зэгъусэу дыкъоджэ. Гъубж, шыщхьэIум и 6 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10 7.25 — 7.45 Абдокъуэ Iэуес. «КъежьапIэ» (адыгэбзэкIэ). 7.45 — 8.00 Беппаев Сергей. «Уэрщ си уэрэдыр» (балъкъэрыбзэкIэ). 10.15 — 10.30 Хьэтыхъу Владимир. Усэхэр зэрыт тетрадь (адыгэбзэкIэ). 13.25 — 13.50 Щоджэн Хьэбас. «Гум и хъуаскIэхэр» литературэ-макъамэ композицэ (адыгэбзэкIэ). 13.50 — 14.00 Маммеев Ибрэхьим. «ЩIалэ цIыкIумрэ уэгунэбзумрэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 16.25 — 16.33 Зэгъусэу дыкъоджэ. Бэрэжьей, шыщхьэIум и 7 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10 7.25 — 7.45 Адыгэхэмрэ хабзэхэмрэ (адыгэбзэкIэ). 7.45 — 8.00 Таумурзаев Д. «Тюклесхан» рассказыр (балъкъэрыбзэкIэ). 10.15 — 10.30 Текуев Алим. «Уэрэдыр тыгъэ фхузощI» (балъкъэрыбзэкIэ). 13.25 — 14.00 Вильгельм Гауф. «Халиф — аист» (адыгэбзэкIэ). 16.25 — 16.33 Зэгъусэу дыкъоджэ. Махуэку, шыщхьэIум и 8 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 10.00, 13.00, 16.00, 18.00 7.10 — 8.00 «Жьырытэдж» (адыгэбзэкIэ). 10.15 — 10.30 Сабийхэм папщIэ концерт. 13.25 -13.45 «Динымрэ гъащIэмрэ». 13.45 — 14.00 Концерт. «Къурш псынэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 16.25 — 16.33 Зэгъусэу дыкъоджэ. Мэрем, шыщхьэIум и 9 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10 7.25 — 8.00 «Ууаз» (балъкъэрыбзэкIэ). 10. 15 — 10.30 Мэремыкъуэ Хъусен уэрэд жеIэ. 13.25 — 13.45 «Спорт хъыбархэр». 13.45 — 14.00 «Инджылызыбзэр Джэдгъэф Маринэ и гъусэу зыдогъащIэ». 16.25 — 16.33 «Ислъамым и макъ». Щэбэт, шыщхьэIум и 10 10.10 — 11.00 «Кавказ пшэплъхэр». 12.10 — 12.25 «КъБР: махуэр махуэм кIэлъыкIуэу». ХъыбарыщIэхэр (адыгэбзэкIэ). 12.25 — 12.40 «КъБР: махуэр махуэм кIэлъыкIуэу». ХъыбарыщIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ). 12.40 — 13.00 «Луна-парк». Макъамэ канал Тхьэмахуэ, шыщхьэIум и 11 10.10 — 10.25 «КъБР: махуэр махуэм кIэлъыкIуэу». ХъыбарыщIэхэр. 10.25 — 11.00 «Къалэ гъащIэр». ЩIалэгъуалэм папщIэ. 12.10 — 13.00 Абдокъуэ Маталио. «Iэпхъуалъэ телъыджэ» радиоспектакль (адыгэбзэкIэ). КъБР-м и радио Блыщхьэ, шыщхьэIум и 5 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00 7.15/13.05 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 7.45/14.50 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.20/16.32 «ЩIэныгъэм и дунейм — зыплъыхьакIуэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.40/14.35 «Лэгъупыкъу». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ). 9.00/18.05 «Зэпсэлъэгъухэр» (урысыбзэкIэ). 9.25/18.30 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ). 10.05 «Утыку» (адыгэбзэкIэ). 10.25/16.05 «Макъамэ яхъумахэр» (адыгэбзэкIэ). 11.05/17.05 «Чамхана» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.25/17.25 «Уэрэдыр тыгъэ фхузощI» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.48/17.48 Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 12.05/15.35 «Дуней тетыкIэ» (урысыбзэкIэ). 12.25/15.05 «КъехьэкI-нехьэкI зыхэмылъ псалъэмакъ» (урысыбзэкIэ). 14.05 — 14.35 «Дыхьэшхэным и хъуреягъкIэ» (адыгэбзэкIэ). Гъубж, шыщхьэIум и 6 7.45/14.45 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 8.20/16.30 «Боракъ» (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «Зэманыр, къэхъукъащIэхэр, Iуэху еплъыкIэхэр» (урысыбзэкIэ). 9.20/18.25 «Гукъыдэж» (урысыбзэкIэ). 10.05 «Адыгэхэр: тхыдэр, хабзэр» (адыгэбзэкIэ). 10.50/15.50 «Зэхэфха? Флъэгъуа?» (адыгэбзэкIэ). 11.05/17.30 «Балъкъэр цIыхубэ уэрэдхэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.30/17.05 «Гъэмахуэр нэгузыужь лъэхъэнэщ» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.05/15.30 «Тхыдэм егъэщIылIа Iуэхухэр» (урысыбзэкIэ). 12.25/15.05 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ). 12.45/14.30 «Зи чэзу Iуэхум теухуауэ» (адыгэбзэкIэ). 14.05/16.05 «Макъамэ калейдоскоп» (адыгэбзэкIэ). Бэрэжьей, шыщхьэIум и 7 7.45/14.50 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 8.20/17.05 «Къонгуроучукъ». Сабийхэм папщIэ (балъкъэрыбзэкIэ). 8.45/16.50 Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «Зи чэзу Iуэхум теухуауэ» (урысыбзэкIэ). 9.25/18.25 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ). 10.05/16.05 «ЩIымрэ абы щыпсэу цIыхумрэ» (адыгэбзэкIэ). 10.25/16.20 Концерт (адыгэбзэкIэ). 11.05 — 11.22 «Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ). 11.30/17.30 «Салам алейкум» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.05/15.05 «Гъуазджэм и щIыналъэ» (урысыбзэкIэ). 12.40/15.40 «Кавказым и симфоние» (урысыбзэкIэ). 14.05 «Уэрэдыр и Iэпэгъуу» (адыгэбзэкIэ). 14.30 — 14.50 «Усыгъэм и сатыр мыкIуэдыжынухэр…» (адыгэбзэкIэ). Махуэку, шыщхьэIум и 8 7.45/18.43 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 8.20/17.05 «Дэ къытхуэнар» (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «Нэхъыщхьэм теухуауэ — кIэщIу» (урысыбзэкIэ). 9.20/15.25 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ). 9.30/15.45 «Псэм и макъамэ» (урысыбзэкIэ). 9.42/15.35 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 10.05/16.05 «Динымрэ гъащIэмрэ» (адыгэбзэкIэ). 10.20/16.20 «Гухэлъ уэрэдхэр» (адыгэбзэкIэ). 10.45 — 16.45 «ДунейгъафIэ». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ). 11.05/14.05 «Лэгъупыкъу» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.30/17.35 «Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ). 12.05/15.05 «Макъамэхэр». УФ-мрэ КъБР-мрэ щIыхь зиIэ я артист Царикати Феликс (урысыбзэкIэ). 12.30/18.20 «Дуней тетыкIэ» (урысыбзэкIэ). 14.30 — 15.00 «Пшыналъэ». Нэгузыужь нэтын (адыгэбзэкIэ). Мэрем, шыщхьэIум и 9 7.45/18.39 «Щэнхабзэм теухуауэ» (адыгэбзэкIэ). 8.20/17.30 «Дыщэ пхъуантэ цIыкIу» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.35/14.05 «Къурш уэсылъэхэм я макъамэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «ГъащIэ упщIэ» (урысыбзэкIэ). 9.25/15.35 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ). 10.05 «Эфирыр псоми папщIэ» (адыгэбзэкIэ). 10.25 «Лъэпкъ прозэм и напэкIуэцIхэр» (адыгэбзэкIэ). 10.45/16.05 «Таурхъан». Сабийхэм папщIэ таурыхъхэр (адыгэбзэкIэ). 11.05/13.50 «Гуапагъэмрэ уахътыншагъэмрэ ятеухуауэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.20/17.05 «Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ). 11.45/17.45 Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 12.05/15.05 «Гъуазджэм и щIыналъэ» (урысыбзэкIэ). 12.35/18.20 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ). 12.44/18.29 Спорт хъыбархэр (урысыбзэкIэ). 14.30/16.25 «Ди гъусэу зывгъэпсэху» (адыгэбзэкIэ). Щэбэт, шыщхьэIум и 10 7.00/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 7.38/13.38 «ЛIэщIыгъуэр лIэщIыгъуэм кIэлъыкIуэу» (адыгэбзэкIэ). 8.00/15.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/15.25 «Илхьам» (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.00 «Я гулъытэ нэхъыщхьэр зыхуэгъэзар» (урысыбзэкIэ). 9.25/18.25 «Дыщыпсэу дунейм» (урысыбзэкIэ). 9.45/18.45 «Усыгъэм и сатыр мыкIуэдыжынухэр…» (урысыбзэкIэ). 10.00 — 10.30 «Дэрэжэгъуэ». Нэгузыужь нэтын (адыгэбзэкIэ). 10.50/14.50 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 11.00/16.00 «Чамхана» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.21/16.21 «Топалайчыкъ». Сабийхэм папщIэ (балъкъэрыбзэкIэ). 11.30/16.30 «Iуащхьэмахуэ и щыгум щыIу уэрэдхэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.00/17.00 «Гукъыдэж» (урысыбзэкIэ). 12.44/17.44 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 14.00 — 14.50 «Радиотеатр» (адыгэбзэкIэ). Тхьэмахуэ, шыщхьэIум и 11 «ХъыбарыщIэхэр». Тхьэмахуэм къэхъуахэр (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 8.00, 10.00, 12.00, 14.00, 15.00, 17.00 7.00/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 7.40/14.40 «ФIыуэ тлъагъу макъамэхэр» (адыгэбзэкIэ). 8.10/15.10 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.45/15.40 Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.00 «Iуэху нэхъыщхьэм теухуауэ» (урысыбзэкIэ). 9.35/18.35 «Дыщыпсэу дунейм» (урысыбзэкIэ). 9.45/18.45 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 10.10/14.10 «Ди зэIущIапIэм» (адыгэбзэкIэ). 10.40 — 10.58 «Зыгъэпсэхугъуэхэр, зыгъэпсэхугъуэхэр…» (адыгэбзэкIэ). 11.00/16.00 «Ди хъугъуэфIыгъуэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.10/17.10 «Театрыр микрофоным Iутщ» (урысыбзэкIэ). 13.35 — 14.00 «Уэрэд, къызэрыфэ пшыналъэ цIэрыIуэхэр» (адыгэбзэкIэ).
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30307.txt" }
ЩыгуфIыкIыным и пIэкIэ… тогъэ Урысейм гъащIэм и кIыхьагъым щыхохъуэ. Ауэ щыгуфIыкIыным и пIэкIэ къулыкъущIэхэр абы топсэлъыхь я жагъуэу. ЖаIэ абы къэралым къулейсызыгъэ инхэр къыхуихьын хуэдэу. ЛIыжьхэм хуеижкъэ? Лэжьыгъэмрэ псэуныгъэ зыужьыныгъэмкIэ министрым и къуэдзэ Вовченкэ Алексей иджыблагъэ тегузэвыхьащ Урысейм «цIыху куэд жьы щыхъуу зэрыхуежьам — иджы дэтхэнэ еянэри илъэс 65-м щхьэдэхащ». Ар Iейуэ къыщIрегъэдз щхьэусыгъуитIкIэ: япэрауэ, бюджетым тохьэлъэ, етIуанэрауэ, нэгъуэщI къэралхэм я цIыхухэр куэду ди деж къешэ. Мыпхуэдэу ди нэгу къыщIегъэхьэ: къэралыр факъырэ мэхъу, мэлъэлъэж «ерыщ екIуа» лIыжьхэм я зэранкIэ, къутахуэхэм хэту гастарбайтер чэфхэр къофэ… Ауэ ипэжыпIэкIэ Iуэхур зэрыщытыр нэгъуэщIущ. ПцIы хэлъкъым Пенсэ фондым и бюджетыр зы сом триллион зэрыхущыщIэм. Ауэ, ди къэралыр къулейсызкъым, экономикэм и инагъымкIи Германием дытежакIэщ. Зыхъумэжыныгъэ IэнатIэм сом триллион 20 хухыдохыф, спорт зэпеуэ инхэр едгъэкIуэкIын папщIэ дызыхуеину мелардхэр къыдогъуэтыф, РЖД-мрэ нэгъуэщI монополистхэмрэ ахъшэшхуэ зытекIуэдэну проектхэм папщIэ гуащIэу зоныкъуэкъу. КIэщIу жыпIэмэ, а триллионыр Урысейм къыхуэгъуэтынущ. Пенсэм кIуахэм е абы гъунэгъу хуэхъуахэм папщIэ ахъшэ дыщымысхьын къудейщ къэнэжыр. Абы къыдэкIуэу хьэлэлуи ахъшэр ятедгуэшэн хуейщ. Ауэ ныбжьыщIэхэм занщIэу яжетIапхъэщ: фи жьыгъэм фэ езыхэр фыхуэгъэтIылъэ. АрщхьэкIэ зэхуахьэса ахъшэр иужькIэ инфляцэм здимыхьынымкIэ икIи зэхамыдыгъуэнымкIэ къэралыр шэсыпIэ иувэн хуейщ. Ар зэрызэбгъэхъулIэфыну щIыкIэри нэрылъагъущ. Ауэ бюрократием япэ иригъэщхэр нэгъуэщIщ. Миграцэр шынагъуэу жызыIэхэм дагъэжакъуэ къудейщ. КъулыкъущIэхэм ящIэ зи ныбэхэм илъу наркотикхэр къытхуэзыхьхэм я пIэкIэ лэжьакIуэ гуащIафIэхэр къытхуэкIуэн папщIэ щIэн хуейр. АрщхьэкIэ мигрантхэмкIэ дагъэшынэмэ нэхъ къащтэ. ООН-м и пщалъэхэмкIэ къэралым и цIыхухэр жьы хъуауэ къалъытэ, абыхэм зи ныбжьыр илъэс 65-рэ, нэхъыбэ ирикъуауэ яхэтыр проценти 7-м щIигъуамэ. Мы Iуэхум ухуэзышэр зыкIи зэпымыщIа щхьэусыгъуитIщ — гъащIэм и кIыхьагъым хохъуэ, къэралым сабийуэ къыщалъхум и бжыгъэм хощI. Иужь зэманым Урысейм щыхохъуэ гъащIэм и кIыхьагъыр. 2012 гъэм ар илъэс 70-м зымащIэкIэ щхьэдэхащ (США-м илъэс 78-рэ, Германием — 79-рэ, Франджым — 81-рэ, Японием — 82-рэ щохъу). НэгъуэщI къэралхэм бюджетым къытехьэлъэу къыщалъытэр зи ныбжьыр илъэс 80-м, хэбгъэзыхьмэ, 90-м щхьэдэхахэрщ. Ди деж апхуэдэхэр щымащIэ дыдэщ. Я нэхъыбэр илъэс 70 — 75-рэ хъухэрщ. Ахэр дуней псом къыщалъытэркъым зи ныбжь хэкIуэтахэу — лэжьэфынухэщ, лэжьэнуи хуейщ. Абы къыдэкIуэу иужь илъэс 20-м иджы япэ дыдэу Урысейм къыщалъхуахэр лIахэм нэхърэ щынэхъыбащ. КъухьэпIэм зи ныбжь хэкIуэтахэм я бжыгъэр илъэс 50-кIэ нэхъ пасэу щыдэкIуейуэ хуежьащ Урысейм нэхърэ. Ауэ абы мы Iуэхум зыри щытегузэвыхьакъым. Абы и пIэкIэ псынщIэу гу лъатащ ахэр IэнатIэщIэхэр къызэIуахынымкIэ щIэгъэкъуэн къазэрыхуэхъуфынум — хущхъуэ, щыгъын, ерыскъы щхьэхуэхэр, н.къ. яхуэгъэхьэзырын хуей мэхъу, медицинэ Iуэхутхьэбзэхэм заубгъу. Пенсэ зратхэм я ахъшэм псынщIэу яхухэгъэхъуэн хуейщ хьэпшып нэхъыбэ къащэхуфын, Iуэхутхьэбзэ нэхъыбэ зыхурагъэщIэфын хуэдэу. Пэжщ, крейсерхэу нэхъ мащIэ тщIын, хуэгъэкIуатэ зиIэ пенсионерхэм (псалъэм и хьэтыркIэ, илъэс 40 — 45 ныбжьым иту пенсэм кIуэ полицэхэм) я бжыгъэм кIэрыдгъэхун хуей хъунущ. Ар нэхъ гугъущ, «дэIэпыкъуэгъу псынщIэ» автомашинэхэм я бжыгъэм зэрыхэхъуамкIэ къэралым и Президентыр бгъэгуфIэным нэхърэ. ЛIыжь-фызыжьхэр нэгъуэщI зыри хуэмеиж хуэдэ… БОВТ Георгий, политолог. «Аргументы и факты»
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30310.txt" }
Зэхэзэрыхьыгъуэ зэман 1991 гъэм шыщхьэIум и 22-м РСФСР-м и Совет Нэхъыщхьэм и унафэкIэ совет нып плъыжьыр зэрахъуэкIащ. ШыщхьэIум и 25-м къэралым и бэракъыщIэу къалъытар — зэмыфэгъуищу зэхэт щэкIыр — ООН-м и унэу Нью-Йорк дэтым къыщыфIадзащ: Урысейр и пIэ иуващ СССР щымыIэжым. А махуэ дыдэм зи гугъу тщIы бэракъыр Кремлым щаIэтащ. Къэралми щыхьэрми щытыкIэр щыхэплъэгъуэт. ЦIыхубэм къагурыIуэ хуэдэт нып плъыжь пщхьэщыту афIэкIа узэрымыпсэужыфынур. Ауэ сыт псэукIэщIэм къытхуихьынур? Тыкуэнхэр нэщIт, топ ущыджэгу хъуну. Къэралым дыщэ гъэтIылъыгъэ иIэжтэкъым. Заводхэр лажьэртэкъым. Улахуэр мазэ бжыгъэкIэ ятыртэкъым. Фызыжьхэм Москва и кум щащэрт цыкIэ зэIуаща лъэпэдхэр. Джэдыгу техъукIахэр зыщыгъ профессорхэм тхакIуэ цIэрыIуэхэм я тхылъхэр ящэрт — нэхъапэм гъуэтыгъуейуэ щыта тхылъхэм иджы зыри хуеижтэкъым. Унагъуэхэм къалъыхъуэр нэгъуэщIт — щIакхъуэт, ерыскъыт. Демократхэр Москва щыгуфIэрт: урысей бэракъым гъуэгу игъуэтащ! Коммунизмэр къызэтещэхащ! Ауэ къэрал ныпыр зэрызэрахъуэкIам цIыхухэм я нэхъыбэр игъэгузэват: сыт хуэдэу къыщIэкIыну Ельциным дыкъыщIигъэгугъа демократиер? Ельциным къыгурыIуэрт цIыхухэр зыгъэгузавэр, езыри пIейтейрт. Ныпыр пхъуэж хъунущ, арщхьэкIэ зи къэрал ухуэкIэр зыхъуэжа Урысейм уриунафэщIыну гугъут. ЖаIащ урыс тхыдэм и напэкIуэцIыщIэ къызэIуахыу. АрщхьэкIэ властыщIэм къыгурыIуэртэкъым сыт хуэдэ тхыдэщIэ хыхьэми сыт щIэн хуейми, Борис цIэрыIуэр иджыри есатэкъым «президенту щыт сэ унафэ сощI!» псалъэхэм. И щхьэр ищIагъыу Нып плъыжьыр зэмыфэгъуищ плъыфэкIэ зэрахъуэкIащ, замыгъэIэуэлъауэу, жыпIэнурамэ, щэхуу. Ельциныр хуейтэкъым псалъэмакъ. Урысей ныпым и махуэр иджы шыщхьэIум и 22-м ягъэлъапIэ. Ауэ ипэжыпIэкIэ бэракъыщIэр Кремлым и щхьэм щыдрахьеяр шыщхьэIум и 25-м сыхьэт 19-рэ дакъикъэ 45-рщ. Iуэхур зэфIэзыгъэкIар лэжьакIуэ къызэрыгуэкIитIщ. АрщхьэкIэ жьым ныпыр зэришэщIу, псоми къалъэгъуащ ар и щхьэр ищIагъыу зэрыфIадзар. Къэхъуар щызэхихым, Зюганов Геннадий жиIащ нэщхъейуэ: аращ, дяпэкIэ псори зэгъэдзэкIауэ щытынущ. Пэжщ, куэд зэрагъэдзэкIащ, зэблашащ. Щыуагъэ псори къыпхуебжэкIынукъым. Ауэ, итIани, Урысейр къощIэрэщIэж. Хэбгъэзыхьмэ, властхэм ятехъущIыхьми, цIыхубэр хуейкъым блэкIамкIэ игъэзэжыну. Пэжщ, куэдым къагурыIуэркъым урыс демократием иджыри зэрыпэжыжьэ дыдэр. УнафэщIхэр демократием яфIэфIу топсэлъыхь, ауэ хащIыкIыр мащIэщ. Къапщтэмэ, демократиер мардэм тещIыхьащ: властыр щыпIэщIэлъыну зэманым пIалъэ хуэбгъэувыныр, унафэщIхэр и чэзум зэрахъуэкIыныр, зы гуп цIыкIур егъэлеяуэ къулейуэ, нэхъыбэр къулейсыз дыдэу жылагъуэр гуэша мыхъуныр. Езы цIыхубэри мардэм есэн хуейщ. Экономикэ лъэрыхь здэщыIэ къэралым къэблэжьым нэхърэ нэхъыбэ щыбгъэкIуэщI хъунукъым. Тэмэмкъым гъэм и зэхуэдитIым нэсыр махуэшхуэхэм зэраубыдыр. ЦIыхухэр куэду аркъэрэ тутынрэ зэрефэр, наркотикхэм зэрыдихьэхыр шынагъуэщ. ГъащIэм и кIыхьагъым зэрыхэхъуар фIыщ, ауэ къемызэгъщ зи къару илъыгъуэ цIыхухъухэр илъэс 60-м пенсэ зэрыкIуэр — абыхэм я акъылыр зэщхьэщеху Iуэхуншагъэм. Европэм псори къыгурыIуакIэщ. КъызыгурымыIуахэр (Алыджым е Испанием хуэдэхэр) кризис ткIийм етхьэлэ. Узэсэ сэгъейщ Ди зыужьыныгъэм зэран хуохъу дызэсагъэжьхэу дызытемыкIыжыфхэр. Дэ сыт щыгъуи дыхущIокъу къэрал лъэщ дыдэу закъыщыдгъэхъуну. Коммунистхэм я зэманым хуабжьу дыхуейт псоми «далъэщIыхьэу датежыжыну», зэуэ псори насыпыфIэ тщIыну. Ноби дэ аргуэру дыхуейщ «НыщIэпхъуэ, Урысей!» жытIэу ину дыкIиину. АрщхьэкIэ щIэныгъэрэ властрэ мы зэманым зиIэхэми ящIэркъым ди зыужьыныгъэм и гъуазэхэр. ХХ лIэщIыгъуэм къэралыр адрейхэм къазэрыкIэры- хум псынщIэу кърашыным хущIэкъуа большевикхэм псори зэтракъутэрт, цIыху гъащIэри кърадзэртэкъым. Арати, къэралым и «бынжэр хатхъащ». Дэ ноби допсэу ди тхыдэри, психологиери, идеологиери чэтхъауэ, къэралым иригъэкIуэкI политикэр зыхуэдэр зэIумыбзу. ЩIэуэ къэунэхуа Урысейм зым хуэдэу щызэкъуэувакъым властымрэ цIыхубэмрэ. ЦIыхубэм езым и щхьэ Iуэху зэрехуэ, властым езым и щхьэр епIыж. Я сэбэп зыхэлъхэр зэи зэтехуэркъым. Властым сыт щыгъуи нэхъ къещтэ цIыхухэм япIэщIэу щытыну. «АфIэкIа сыхуейкъым апхуэдэ власть!» жиIэу зыгуэрхэр къыхэкIиикIынкIэ мэшынэ: ИщхьэкIэ щыIэхэмрэ ищIагъ щIэтхэмрэ я зэхущытыкIэхэр феодал хабзэхэм тетщ. Властым цIыхубэм факъырэ- Iус къыхуеший, гуфIэгъуэ махуэхэр хузэхеублэ. Абы и пIэкIэ хуейщ ар къыхуэпэжыну, ауэ къэралым и экономикэр зыхуэдэр жаIэфыркъым. Министрхэр дыкъызэрыкIэрыхуам темыпсэлъыхь къудейкъым: абыхэм езыхэм ящIэркъым сыт хуэдизкIэ дыкъыкIэрыхуами. Зы махуэм и пщалъэу дгъэувыр олимпиадэхэм, футболымкIэ дунейпсо чемпионатхэм, н. къ. иращIэкI псалъэмакъхэрщ. Тепщэ гупхэр нэгъуэщI зыри хуейкъым. * * * ЛIэным и пэ къихуэу СССР-м и идеолог нэхъыщхьэ Суслов Михаил иратат Гроссман Василий и «Жизнь и судьба» романым и Iэрытхыр. Сусловым жиIащ ар «илъэс 250-рэ хуэдиз дэмыкIауэ къытрамыдзэну». Романыр илъэс 27-рэ дэкIри, 1988 гъэм къытрадзащ. А зэманым езы Сусловыр псэужтэкъым. Ауэ гъэщIэгъуэнщ совет демократием и зыужьыныгъэм и псынщIагъыр абы къы- зэрилъытэу щыта щIы- кIэр. Тхыдэм зэрызиужь псынщIагъыр зыхуэдэр къыхуэщIакъым перестройкэм дытезыгъэгушхуа Горбачёви. лъэкIыныгъэ ин зыбгъэдэлъ КПСС-м и пашэ 1985 гъэм ар щыхъуам, абы и пщIыхьэпIэ къыхэхуэртэкъым илъэсих къудей нэхъ дэмыкIыу цIыху мелуан 20 зыхэт партым и мызакъуэу, Совет Союзри зэрыкъутэжынур. ГъащIэр зыхуэкIуэнур къилъагъуфыртэкъым Ельцини. ЩIыхьышхуэ иIэу 1991 гъэм Кремлым щIыхьа абы дэнэ щищIэнт и рейтингыр 1996 гъэм проценти 6-м нэсу ехуэхыну. Аргуэру зы пIалъэкIэ президентын папщIэ ар зыгурыIуэн хуей хъуар цIыхубэркъым, атIэ олигарххэрщ. Дауи, гурыIуэгъуэщ абы демократием и мэ зэрыщымыуар. АтIэ, апхуэдэ хьэгъэщагъэхэр ди гъащIэм хэдгъэкIыну игъуэ мыхъуауэ пIэрэ? КОСТИКОВ Вячеслав. «Аргументы и факты»
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30312.txt" }
ШыщхьэIум и 1-р Зи хэку къэзыгъэзэжа адыгэхэм я махуэщ Дэсщ Ерокъуэ къуажэм зы шэрджэс унагъуэ Адыгэ щIыналъэм къращIылIа лъапсэрых зауэм я щхьэр хахри, ди лъэпкъэгъу куэдым илъэси 150-м нэблагъэ и пэкIэ псэупIэ ящIауэ щытащ Сирие къэралыгъуэр. ХамэщIым гугъу щехьами, лъабжьэ быдэ ящIауэ, зыхыхьа лъэпкъым и пщIэр къалэжьауэ къэгъуэгурыкIуащ ахэр. Ауэ, аргуэрыжьти, илъэс и пэкIэ а къэралым къыщыхъуа зауэм гузэвэгъуэ хидзащ ахэр… Я щхьэр мафIэм къыхахын хуей щыхъум, абыхэм я псэхэр кърахьэлIэжащ я адэжь щIыналъэм. Мыбдеж я Iуэху щыдэкIынымкIэ зэрахузэфIэкIкIэ абыхэм дэIэпыкъуэгъу яхуохъу республикэ унафэщIхэмрэ Дунейпсо Адыгэ Хасэмрэ. Ахэр япэ щIыкIэ санаторэхэм щIагъэтIысхьащ, иджы хуэм-хуэмурэ лъапсэхэр къыхуащэхуурэ къуажэхэм ягъэIэпхъуэ. Мурий-Мэстафэ Маядэ Апхуэдэу Лэскэн районым хыхьэ Ерокъуэ къуажэм ягъэIэпхъуащ Мурий-Мэстафэхэ я унагъуэр. Абы я Iуэху зыIутым, щIыпIэм щекIуэкI гъащIэм зэрыхэзэгъэжым, я гурыгъу-гурыщIэхэм зыщыдгъэгъуэзэну зыхуэдгъэзащ Мурий-Мэстафэхэ я унэгуащэ Маядэ. — Дауи, укъыщалъхуа, укъыщыхъуа, уи гъащIэм и зэхуэдитIыр щыбгъэкIуа щIыналъэр убгынэу, нэгъуэщI щIыпIэ укIуэу щIэрыщIэу псэукIэр щызэтебухуэжыныр зэрымытыншыр дэтхэнэми къыгуроIуэ, — къыщIидзащ и псалъэр Маядэ. — Ауэ, Iэмалыншагъэм урихулIэмэ, сыт хуэдэ хэкIыпIэри къэбгъэсэбэпынущ. Ди Iуэхур апхуэдэу щыхъум, хэщIапIэ тхуэхъужащ адыгэ щIыналъэр, ди Iуэхури фIы дыдэу зэрызэтеувэжынуми шэч къытетхьэркъым. Гузэвэгъуэ зытелъыр а мафIэ лыгъейм къыхэнахэрщ, абыхэм я Iуэхур зэрыхъунум дегъэгумэщI. Пэжыр жыпIэмэ, дыкъыщыкIуэжагъащIэм гугъу дехьащ, ди Iуэхухэр тэмэму дэмыкIыурэ екIуэкIащ. Гугъу дехьами, зауэм дыкъызэрелар, дэхуэха дызэрымыхъуар ди гурыфIыгъуэщ. Абы щыгъуэм «Джайлыкъ» пансионатым дыщыпсэуащ. Ди Iуэхур къызэрытщагъэпсынщIэным псори хущIэкъуащ, цIыхухэр яхузэфIэкIхэмкIэ къыддэIэпыкъуащ. Си щхьэгъусэм и къуэпсхэр къыщежьар мы щIыналъэращ. Аращи, ди унагъуэм и адэжь хэкум къигъэзэжауэ къызолъытэ. ЩIалитIрэ зы хъыджэбзрэ диIэщ. Пщащэр Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щоджэ, ар мы щIыналъэм гукIи псэкIи къыхуеIэу зэрыщытым и фIыщIи хэлъщ псынщIэу зыкъызэщIэткъуэу дыкъызэрыкIуэжами. Мыбы къэдгъэзэжын и пэ куэдрэ дычэнджэщащ. Сириеми дигу щIэныкъуэ куэд къыщызэднэкIын хуей хъуащ: псэукIэ зэIузэпэщыр, лэжьыгъэр, благъэхэр. ФIыуэ плъагъу, узэса Iыхьлыхэр, ныбжьэгъухэр къыпкъуэмытыныр гугъущ. Хэкум къызэрыдгъэзэжам зыкIи дыхущIегъуэжыркъым. Си щхьэгъусэм и хъуэпсапIэт и Кавказ щIыналъэр псэупIэ хуэхъужыныр. Зэрыхьзэрий дызыхэхуам ди дунейр хэплъэгъуэ ищIат. Дызыхэхуа Iуэхум фIы гуэр къыхэтлъыхъуэну доплъри, зауэр и щхьэусыгъуэу щытми, си щхьэгъусэм илъэс куэдкIэ и гум щигъэфIа и адэжь лъахэр зэригъуэтыжар куэд и уасэщ. ДыкъыздэкIуэжами, цIыхухэр къызэрытпыкъуэкIынур сыт хуэдэ щIыкIэми тщIэртэкъым. Дызэримыгугъауэ хъарзынэу дыкърагъэблэгъэжащ, си щхьэгъусэмрэ щIалэхэмрэ урысей паспортхэр къратащ. Насыпырыхьтэкъэ къуажэхэм унэ зратыну ящIа пхъэидзэм ди унэцIэр къызэрикIар?! Дэ абы егъэлеяуэ дыщыгуфIыкIащ. Лъапсэр ущыпсэуным хуэдэу дгъэхьэзырыным тIэкIу гугъу дыдехьащ, унэр зэдгъэпэщыжащ. Дигу къэмыкIхэмкIэ, ди гупсысэ зыхунэмысхэмкIэ ди гъунэгъухэри къыддэIэпыкъуащ. ЖыпIэнурамэ, я чэнджэщи къыдахьэлIащ, ерыскъыкIи къытпэIэбащ. ГъунэгъуфIхэр дызэриIэмкIи ди насып къикIауэ къызолъытэ. Мурий-Мэстафэхэ я унагъуэм я гур щIыналъэм зэрыщагъэтIылъам и щыхьэтщ Сирием къыщагъэна я благъэхэр зэман кIэщIкIэ къагъэкIуэжу, абыхэм я къуэпсхэри адэжь щIыналъэм щагъэтIылъыжыну я нэ къызэрыхуикIыр. МЭРЕМЫКЪУЭ Динарэ. Лэскэн район, Ерокъуэ къуажэ ТIэлхьэтрэ Сезаррэ я гурыгъухэр Сирие Хьэрып Республикэм щекIуэкI зауэм зи псэр къыхэзыха ди лъэпкъэгъухэм ящыщхэм адэжь щIыналъэм къызэрагъэзэжам куэд щыгъуазэщ. Унагъуэу къэкIуэжахэм нэмыщI, цIыхуи 119-рэ хъу щIалэгъуалэ гуп Налшык къашащ. Ахэр КъБКъУ-м щIагъэтIысхьэри, урысыбзэр щрагъэдж къудамэм илъэскIэ щеджащ. ИтIанэ, щхьэж езым къыхихыну IэщIагъэм тещIыхьауэ ягуэшри, урысыбзэм щIыгъуу нэгъуэщI дерсхэми щыгъуазэ хуащIащ. Зи гугъу тщIы ныбжьыщIэхэм адэкIэ я Iуэху зэрыхъунум куэд егъэпIейтей. Абыхэм я нэхъыбэр университетым и общежитхэм щIэсщ, языныкъуэхэр я Iыхьлыхэм я деж щопсэу, хэти фэтэр щхьэхуэ къищтащ. ЩIалэхэмрэ пщащэхэмрэ я ныбжьыр илъэс 17 — 19-щ зэрыхъур. Стипендие хуагъэуври, дэтхэнэми мазэм хуэзэу сом 1200-рэ иратащ. Зыгуэрхэри лэжьапIэ уващ, ауэ апхуэдэу яхэтыр мащIэ дыдэщ. Адыгеймрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ я Iэтащхьэхэм УФ-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм зэгурыIуэныгъэ иращIылIат, къэралым и мылъкукIэ университетым щрагъэджэну Сирием къикIа студентхэм Iэмал иратыну. Ауэ накъыгъэ мазэм белджылы къэхъуащ а зэгурыIуэныгъэм къару зэримыгъуэтар. ПщIэ щIату еджэну абыхэм ящыщ гуэрми Iэмал иIэкъым. КъБКъУ-м нэгъуэщI къэралхэм яхуиIэ пыщIэныгъэхэмкIэ и управленэм и унафэщI Къуэдзокъуэ Анатолэ къызэрыджиIамкIэ, республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен УФ-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм зэрызыхуигъэза тхылъым къыщыгъэлъэгъуахэр гъэзэщIа хъуным щогугъ. НыбжьыщIэхэр зыгъэпIейтей Iуэхухэр итIанэ зэфIэха хъунут: УФ-м и гражданствэ зэкIэ кърамытми, мыбы щыпсэуну хуит зыщI дэфтэрхэр зыхуей хуэгъэзэнымкIи, я псэукIэкIи, еджапIэм щIэтIысхьэнымкIи, нэгъуэщIкIи. Хамэ къэрал къикIа студентхэм щадэлажьэ къудамэм и декан Чыржын Гъумар зэрыжиIамкIэ, зи гугъу тщIыхэр иджыри общежитхэм щIэсщ, унафэ къыхуащIынум поплъэри. Зэрыбелджылыщи, гугъущ мы ныбжьыщIэхэм я Iуэхур. Ахэр егъэпIейтей я адэ-анэхэр, къыдалъхуахэр зэрамыгъусэм, языныкъуэхэм я Iыхьлыхэм я хъыбар къаIэрыхьэркъым мазэ зыбжанэ хъуауэ. Шэч хэлъкъым ахэр щIэгъэкъуэн зэрыхуэныкъуэм. Си гум илъ зэпытщ адыгэ щIалэ гуэрым къызжиIа псалъэ гуауэхэр: «Абыхэм дэ гугъу дащIыдехьын щыIэкъым, ахэр зэи дэ тщыщ хъужынукъым». Ди гуапэ зэрыхъунщи, апхуэдэу егупсысыр мащIэ дыдэщ икIи абы и щыхьэтщ ди хэкуэгъу куэд къэзыгъэзэжахэм зэрадэIэпыкъур, я къаруи я мылъкуи щымысхьу. Япэрауэ, къэгъэлъэгъуапхъэщ КъБКъУ-м и лэжьакIуэхэр гуапагъэрэ зэхэщIыкIрэ яIэу хамэ щIыпIэ къикIыжа ди лъэпкъэгъу ныбжьыщIэхэм зэрахущытыр. ЕгъэджакIуэхэм къыхагъэщ а студентхэм яхэлъ хьэл-щэн дахэхэр, я акъыл жаныр, абы къыхэкIыуи уадэлэжьэну зэрытыншыр. Сихъу ТIэлхьэт и ныбжь- кIэ адрейхэм нэхърэ нэхъыжьщ. Дамаск университет къыщиухащ, экономист IэщIагъэ иIэщ. НэгъуэщI куэдми хуэдэу, зауэм къызэпиудащ и мурадхэр. КъБКъУ-м зэрыщеджа мазэ зыбжанэм урысыбзэр мыIейуэ зэригъэщIащ, ауэ нэхъыфIыжу ирипсэлъэфын папщIэ, иджыри зы илъэскIэ абы щеджэу, и IэщIагъэм хуэкIуэ лэжьапIэ къилъыхъуэну и мурадщ. Гъэмахуэ мазэхэр Iуэхуншэу игъакIуэркъым ТIэлхьэт. Ар щолажьэ машинэхэр щатхьэщIым, абы къыщыдэхуэм — щIакхъуэ щагъажьэм макIуэ. Щам игъэзэжри зимыIэжьэу Налшык къэкIуэжати, и нэкIэ илъэгъуащ щалъхуа къэралыгъуэм леишхуэ къызэрылъысар. Сихъум къызыщигъэхъуфыркъым адэ-анэр къимыкIыфу къызэрына Сириер ибгынэпэну. Апхуэдэу щытми, щIалэм егугъуу зрегъащIэ адыгэбзэмрэ урысыбзэмрэ. Хамэ къэрал къикIа студентхэм я зэгухьэныгъэм хэтщ, ныбжьыщIэ цIыкIухэм я чэнджэщакIуэщ. — Кавказым къызэрызгъэзэжрэ слъагъур си псэм фIэдахэщ: дыкъэзыухъуреихь щIыпIэхэр, адыгэ пщащэ цIыкIухэр, цIыхухэм къабгъэдэкI гуапагъэр. КъэкIуэнум теухуа си мурадхэр къыгуэхыпIэ имыIэу зытезухуэр си хэкужьырщ. Ди унагъуэр зы дыхъужатэмэ, ди гур псэхужауэ ди Iуэхухэр зэрызэтеувэным дытелэжьэнут, — жеIэ абы. ТIэлхьэт и ныбжьэгъу Тхьэкъуахъуэ Сезар Налшык къызэрыкIуэжрэ илъэсищ хъуащ. Урысыбзэм илъэскIэ хуеджа нэужь, КъБКъУ-м и медицинэ къудамэм щIэтIысхьауэ фIы дыдэу щоджэ. Сезар гупым я пашэщ, хамэ къэрал къикIа студентхэм я зэгухьэныгъэм и нэхъыщхьэщ. А ныбжьыщIэхэм ятеухуауэ сыт хуэдэ Iуэху университетым къыщызэрагъэпэщми, абыхэм жыджэру хэтщ Тхьэкъуахъуэр. Налшык къыщыкIуэм мамыру къигъэна Сирие щIыналъэм къыщыхъуа къулейсызыгъэр зи жагъуэ хъу щIалэр нэхъри иропIейтей абы къина и адэ-анэм я Iуэху зэрыхъунум. — Пенсэ ныбжьым нэса си адэ-анэмрэ си къуэшымрэ хэкужьым къызэрагъэзэжын Iэмал яIэкъыми, абы срогузавэ. Мыбы къэкIуэжыфатэмэ, сыт хуэдэ щыщIэныгъэхэри зыуи къытщыхъунутэкъым, я щхьэр псэууэ къэнэнт, — жеIэ Сезар. Адыгэ нэмысымрэ хабзэмрэ щIапIыкIа ди лъэпкъэгъу ныбжьыщIэхэм я Iыхьэ мащIэщ къытхыхьэжар. Илъэс бжыгъэ куэдкIэ хэхэсу хьэрыпым ядэпсэуахэм къащIэхъуа щIэблэм щыщу нобэкIэ зи щхьэ къыдэзыхьэлIахэм лъэпкъыр зэрыгушхуэн къахэкIыну дащогугъ. Абыхэм я Iуэху зэтеувэным хэтлъхьэф къэдмыгъанэу дадэIэпыкъуныр ди къалэну къызолъытэри, апхуэдэ лъэкIыныгъэрэ Iэмалрэ къызыкъуэкIын лъэпкъ Тхьэм дищI. Сирием къикIыжауэ КъБКъУ-м щеджэ студентхэр. КЪАРЭНАШЭ Мадинэ. Гугъуехь щIыщыIэр абы утекIуэн хуейуэ аращ Брамтэ (Вольнэ Аул) дэт «Джайлыкъ» зыгъэпсэхупIэ унэм илъэсым щIигъуауэ щопсэу Сирием къикIыжа ди лъэпкъэгъу 50-м щIигъу. Абыхэм урысыбзэр ярегъэдж зи IэщIагъэм фIыуэ хэзыщIыкI цIыхубз гуащIафIэ Тхьэкъуахъуэ Маринэ. Ар Налшык къыщыхъуащ, Сирием щыпсэу шэрджэс щIалэ щхьэгъусэ хуэхъури, абы кIуащ, икIи илъэс 26-м нэблагъэкIэ щыпсэуауэ зауэр къэхъейри, и быниплIымрэ и малъхъэмрэ дэщIыгъуу Налшык къигъэзэжащ. Тхьэкъуахъуэ Маринэ «Джайлыкъ» санаторэм урысыбзэкIэ дерс щрегъэкIуэкI. Маринэ Дамаск университетым урысыбзэр щригъэджащ, методикэм Iэзэу хещIыкI. Абы иригъаджэхэм урысыбзэм и грамматикэр нэхъ тыншу къагурегъаIуэ, езым хьэрыпыбзэ фIыуэ зэрищIэм и фIыгъэкIэ. ГупитIу гуэшауэ тхьэмахуэм махуитI сыхьэт зырызкIэ зыдэлажьэ «студентхэм» яхэтщ илъэс 16 хъуаи 70-м нэсаи. А дерсхэм къокIуалIэ нэгъуэщI жылагъуэхэм ягъэIэпхъуа ди лъэпкъэгъухэри. ЦIыхухъу балигъхэм ящыщ куэд лэжьыгъэ IэнатIэхэм пэрытщи, дерс псоми кърихьэлIэркъым. БлэзымыгъэкIыу къекIуалIэхэм бзэр фIыуэ къащтащ, уеблэмэ псалъэхэр падежкIэ зэрахъуэкIыф. Апхуэдэ зи чэзу дерс мы махуэхэм срихьэлIат. Я егъэджакIуэр зэзгъэцIыхун мурадкIэ сызыхыхьа гупым я Iуэху зытеткIэ сащIэупщIащ. — Мыбы къэкIуэжыфахэм ди Iуэху Iейтэкъым, ауэ дыщIэгузавэр зауэм къыхэна ди лъэпкъэгъухэращ, — жиIащ зыгъэпсэхупIэм щIэсхэм я тхьэмадэ Къат Риад. — Махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу ди адыгэ щIалэхэр Сирием щаукIри, ди гур ящIоуз. Риад и гуныкъуэгъуэхэр дэзыIыгъ псоми къагъэлъагъуэ УФ-м и хабзэхэмрэ Сирием щызекIуэхэмрэ зэрызэтемыхуэм къыхэкIыу, зэфIэхыгъуей хъу Iуэхугъуэхэр. Абыхэм ящыщщ зэман гуэркIэ щыпсэуну хуит зыщI дэфтэрыр зэрырат пIалъэр Дамаск къыщрата паспортыр зэрызекIуэ зэманым зэрелъытар. — Илъэс 18 ирикъуа ныбжьыщIэр, УФ-м хуэдэу, дзэм ираджэ, ар еджапIэ щIэмысмэ, — къыпещэ Риад и псалъэм, — ауэ мыбы къэкIуэжа ныбжьыщIэхэм ящыщхэм школыр къыщаухым ЕГЭ ятакъыми, еджапIэ нэхъыщхьэхэми колледжхэми щIэтIысхьэфынукъым. Апхуэдэу щыщыткIэ, зи армэ кIуэгъуэ нэса ныбжьыщIэхэм Сирием и хабзэр къызэпауду аращ. Зэгуэр абыхэм ящыщхэм а къэралым ягъэзэжмэ, абыхэм я судыр законым ипкъ иткIэ ящIэнущ. Пэжщ, къэралитIым я хабзэхэр зэрызэтемыхуэм нэхъри елъахъэ къэзыгъэзэжахэм дэфтэр къыдахын Iуэхур. Псалъэм папщIэ, ХьР-м и хабзэхэм къызэрагъэувымкIэ, а къэралым и цIыху суд Iуэхум ирашэлIауэ щытамэ, абы къэрал гъунапкъэхэр зэпиупщIыну хуиткъым. Апхуэдэу щытми, УФ-м щекIуэкI законхэмкIэ, мыбы щыпсэуну хуит зыщI тхылъ иратын папщIэ, хамэ къэралым къикIыжам иIыгъын хуейщ суд Iуэху зэрыхэмытамкIэ тхылъ. А псоми я гугъу ящIа нэужь, я гукъеуэхэр ящхьэщыкIа пэлъытэу, ди лъэпкъэгъухэр къэнэщхъыфIэжащ икIи къэкIуэнум фIэщхъуныгъэ зэрыхуаIэр къыдагъэщIащ. — Ахэр Iуэхушхуэкъым, нэхъыщхьэр зауэ гузэвэгъуэм дыкъыхэкIащ, дызыщIэхъуэпса щIыналъэм дыкъэкIуэжащи, ди Iуэхухэри, ди псэукIэри хуэмурэ зэтеувэжынщ. ШыIэныгъэ зыхэдгъэлъынщ, — жаIэурэ зэбгрыкIыжри, щхьэж и пэш щIыхьэжащ. Ди лъэпкъым шыIэныгъэ хэмылъу зыми хужыIэнкъым. Ар имыIамэ, тхыдэм и сабэм щIихъумэжа лъэпкъ Iэджэми хуэдэу, куэд щIат ар дунейм зэрытекIуэдыкIыжрэ. Зауэ хуэIухуэщIэхэм нэмыщI, къызэрыкIуэ гъащIэми адыгэр сыт щыгъуи щытегъэпсыхьат гугъуехьымрэ шыIэныгъэшхуэмрэ. Мис апхуэдэ хьэлрэ щытыкIэрэщ ядэтлъагъур мы зэманми ди лъэпкъэгъухэм. Тхьэкъуахъуэ Маринэ и щхьэгъусэр дунейм ехыжащ, и сабийхэр и закъуэу епI. Ипхъу нэхъыжьыр унагъуэ исщ, сабий цIыкIуитI иIэщ. Ахэр щхьэхуэу мэпсэу. Езым и щIалитIымрэ хъыджэбз нэхъыщIэмрэ щIыгъуу и анэм къыхуищэхуауэ щыта, зы пэш фIэкIа мыхъу фэтэрым щIэсщ. ХэубыдыкIауэ зы лэжьапIэ иIэкъым, зэман-зэманкIэрэ зыпэрыувэ лэжьыгъэхэм къыпэкIуэмкIэ унагъуэр епI. Ар нэхъыбэу зыгъэпIейтейхэм ящыщщ и хъыджэбз нэхъыщIэ Бэллэ Дамаск университетым и экономикэ къудамэр къиухыным зы илъэс фIэкIа къэмынэжауэ зауэр къэхъейуэ къызэрыкIуэжар. Бэллэ фIы дыдэу егъэшэрыуэ инджылызыбзэри, франджыбзэри, хьэрыпыбзэри, хъарзынэу иропсэлъэф адыгэбзэмрэ урысыбзэмрэ. КъБКъУ-м и экономикэ къудамэм щIэтIысхьэжу ар къиухыну мэгугъэри, пщащэ губзыгъэм и мурадыр къехъулIэну ди гуапэщ. ЗыузэщIыныгъэ гъуэгум теувэну зи мурад ди лъэпкъэгъухэм я Iуэхухэр нобэкIэ хуэмурэ мэкIуатэ. — Пщэдейрей гъащIэм гугъапIэ хуаIэщ ди цIыхухэм. Мес, мо Адилрэ Хъиямрэ я Iэ-я лъэр мыувыIэу мэлажьэ, сыт хуэдэ Iуэху хьэлъэми зыпэIуадзыркъым, — жеIэ Маринэ. — Дерсхэри зэрыбламыгъэкIыным яужь итщ, сыту жыпIэмэ къагуроIуэ урысыбзэр умыщIэу мы къэралым ущыпсэуныр зэрымытыншыр. Гугъуехь щIыщыIэр абы утекIуэн щхьэкIэщ, — жаIэ. Я псэукIэр хэкужьым щызэтрагъэувэжын папщIэ нобэ гугъу ехь ди лъэпкъэгъухэм заузэщIыжауэ Тхьэм дигъэлъагъу. ЩОДЖЭН Iэминат. КъэкIуэжыну псори къэтшэжа? Бабыгу Эргун хэхэс гъащIэр зи натIэ къритха адыгэ щIалэу Тыркум къыщалъхуахэм ящыщщ. Налшык къэкIуэжауэ илъэсибл хъуауэ щопсэу, лэжьыгъэ IэнатIэ пэрытрэ хэкум щекIуэкI гъащIэм и псэр игъэушэу. ШыщхьэIум и 1-р Зи адэжь щIыналъэм къэзыгъэзэжахэм я махуэу зэрыщытым ипкъ иткIэ, хэкурысхэм яхэсыхьыжа ди лъэпкъэгъур «Адыгэ псалъэ» газетым и хьэщIэщым къедгъэблэгъащ, и гупсысэхэмкIэ къыддэгуашэмэ, тфIэфIу. Бабыгу Эргун — Псом япэрауэ, зыгуэрым и жагъуэ хъункIэ сымышынэу, нэгъуэщIым игу иримыхьынкIэ зэрыхъунум сытемыгузэвыхьу си гупсысэр къэзгъэлъагъуэмэ, нэхъ сфIэигъуэщ, — къыщIидзащ Эргун. — Тхыгъэр зытеухуауэ щытыну IуэхугъуэмкIэ къыщIэддзэнщи, шыщхьэIум и 1-р Зи хэку къэзыгъэзэжахэм я махуэу къыхахащ. Си щхьэкIэ сыкъапщтэмэ, апхуэдэ махуэ дыщиIэн, Iэтауэ щыдгъэлъэпIэн пIалъэм иджыри дынэсауэ къысщыхъуркъым. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, мелуан бжыгъэкIэ дуней псом щызэбгрыпхъа ди лъэпкъэгъухэм еплъытмэ, нобэ адэжь лъахэр зэзыгъэгъуэтыжар мащIэ дыдэщ. Сэ 2006 гъэ лъандэрэ Налшык сыщопсэу, ауэ си унагъуэ псор къэзгъэIэпхъуэжыну зэкIэ Iэмал сиIэкъым. Си къуэ нэхъыжьыр КъБКъУ-м щоджэ, нэхъыщIэр и анэм и гъусэщ, школым щIэсщ. IэщIагъэкIэ сыэлектрикщ, цIыху зыбжанэ дыхъуу зы бригадэ къызэдгъэпэщауэ, Iуэху зиIэхэм драджэурэ Iуэхутхьэбзэ яхудощIэ. Зы щIыпIэр къэбгъанэу нэгъуэщI щIыпIэ укIуэу ущыпсэуныр тыншкъым, лъэпощхьэпо куэд урохьэлIэ. Ауэ зи хэку къэкIуэжауэ гугъуехьым игъэтхьэусыхэхэр сэ зэи къызгурыIуэркъым. Сыт хуэдэ гугъуехь сыхэтми, си хэку сисыжщи, си мурадыр зэзгъэхъулIэнымкIэ жэуаплыныгъэ зи пщэ дэхуэр сэращ, си щхьэрщ. ЕмыкIущ утхьэусыхэныр. Сыт хуэдэ лъэпкъи къащти, я хэкум щхьэкIэ я псэр ят, гугъуехь хэтыныр къэгъэнауэ. Хэкум щхьэкIэ укъэкIуэжу щытмэ, апхуэдэу жыпIэнукъым, ауэ хьэрычэтыщIэ Iуэху щыдэзгъэкIынщ е си щхьэ Iуэху щызесхуэнщ жыпIэмэ, ар нэгъуэщI псалъэмакъщ. Хэкум къэзыгъэзэжахэр сыт щыгъуи зыгъэгумэщIыр дэфтэр Iуэхуращ. Ар къэрал Iуэхущи, зыри пхуещIэнукъым. Сэ иджыри къыздэсым паспорт сиIэкъым, Тыркуми Урысейми срицIыхукъым. Ауэ илъэси 8 дэкIа нэужь, къыдатынущи, къысхуэнэжар мащIэщ. А пIалъэм къриубыдэу си хэку сисыжащ, сыщылажьэу. Унэ, лъапсэ жытIэу зыри хэдгъэзыхьыркъым, уи щхьэм зыгуэр илъмэ, уи Iэм зыгуэр ищIэмэ, мыбдеж ущыпсэуфынущ. Ауэ тхылъыр къыдэхыным и Iуэхур нэхъ тынш ящIыным дыпэплъэурэ, илъэсхэр макIуэ. Иджы Сочэ щекIуэкIыну Олимп Джэгухэм а Iуэхур нэхъ гугъуж ящIащ, мыбы зэрыщыпсэун тхылъымпIэ къратын щхьэкIэ къэкIуэжым и щхьэгъусэр хэкурысу щытын хуейщ. Унагъуэ яIэу къэхъуапсэ къомым я Iуэхур дауэ зэрыхъунур? Дэтхэнэм и унагъуэра икъутэжынур, хэт зи сабий бын къэзыгъэнэнур?! Лъэпкъым, къэралым лъабжьэ яхуэхъур унагъуэракъэ?! Iуэхур нэхъ ткIий щIэхъуам и щхьэусыгъуэри дэ къыдгуроIуэ. Олимп Джэгухэр жиIэнурэ, Урысейр пщэдей дунейпсо утыку ихьэнущ. Ауэ и хэкуэгъухэм апхуэдэ нэмыплъ яритыныр захуагъэкъым. Дэфтэр къыдатми къыдамытми, мыр дэ ди хэкущ, исыр ди лъэпкъэгъущ — ар зыми хузэхъуэкIынукъым. Ар къагурыIуэу псэуну, лэжьэну хуейуэ къэкIуэжхэм хуэгъэкIуатэ гуэр хуащIыныр адыгэ псоми ди хъуэпсапIэу къыщIэкIынщ. Пэжщ, абы и закъуэкъым лъэпкъыр зэуIу хъужыным щхьэусыгъуэ хуэхъур. КъэкIуэжыну хуэмей куэд зэрыщыIэми гур егъэкIуэд, ди къэкIуэнум уегупсыса нэужь. Псалъэм папщIэ, УФ-м ФедерацэмкIэ и Советым и лIыкIуэхэр Сирием щыкIуам зэхахар сыт? «Дэ мыбдеж ди гугъу къыщащIкъым, тыншу дыщопсэу», — аращ нэхъыбэу жаIар ди лъэпкъэгъухэм. Абы щыгъуэ хэкум ису абыхэм ядэIэпыкъуну хуейхэм я гукъыдэжым зихъуэжащ. Ауэ абы щхьэкIэ къэмынэу, зауэр къэхъея нэужь, къегъэблагъэ тхылъхэр хурагъэхьащ. Ирагъэхьам и бжыгъэри, къэкIуэжам и бжыгъэри долъагъу… КъэкIуэжхэм я гур нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ зэщызыгъауэр дощIэ — ар дэфтэр Iуэхуращ. Зи щхьэр мафIэм къыхэзых нэгъунэ визэ паубыд, зы мазэ исамэ, Сирием кIуэжу къэкIуэжын хуейуэ хуагъэув. Апхуэдэ ахъшэ дэнэ къыздрахынур, хьэмэрэ зауэ щекIуэкI къэралым дауэ зэрыбгъэзэжынур? Мыбдеж щыIэхэми абыхэм я Iуэху зэрахуэ хуэдэурэ защI, ауэ Iуэхур здынэсар нэрылъагъущ. А Сирие дыдэр къэтщтэнщи, Урысейм кхъухьлъатэхэр игъакIуэурэ и цIыхухэр кърегъэшэж, ауэ адыгэм зыми и гугъу ищIыркъым. Иджыри къыздэсым ди республикищым я Iэтащхьэхэр УФ-м и Президентым щIыхуэмызэфар гурыIуэгъуэкъым. ТлъэкI къэдмыгъанэу дызэлэжьын хуей Iуэхущ Щам щыщ ди къуэшхэм къащыщIар. Мы республикэращ ди лъэр щыжанри, ди IуэхущIафэхэр щыдэкIын хуейри, тIэтыпхъэри, зи зыужьыныгъэм дыхуэлэжьэн хуейри. Хамэ хэку уису бэлыхьлажьэ гуэр къыпхэкIами, хамэм уахэсщи, уи IэрыкIыр зыхуэпщIар нэгъуэщI къэралщ, зи цIэ бгъэIуар узыхэс лъэпкъращ. Нобэ дэ зызэдгъэуIужмэ, дызэхэтIысхьэжрэ, дыдэмыпсэлъейуэ, ди къару къихь тщIэжмэ, ди къэкIуэнур дахэ зэрыхъунум шэч хэлъкъым. ЗыщыдгъэгъупщэнкIэ Iэмал иIэкъым нэгъуэщIхэм я щхьэ Iуэху дагъэкIын щхьэкIэ, закъедгъэгъэсэбэп зэрымыхъунур. Политикэ убгъуаи нэгъуэщIи дыхэмыхьэу, адыгэ лъэпкъым и хабзэр, и щэнхабзэр, и бзэр, и тхыдэр къызэщIэдгъэуIуэжу, ди щхьэ Iуэху дэдгъэкIыжын хуейщ. Зы гупсысэ диIэмэ, дызэгурыIуэмэ, зэфIэкI диIэнущ, хэкум къару къыхэзылъхьэнур аращ. Зытхыжар НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэщ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30315.txt" }
Осетинхэр я гъусэу гъуэгу тохьэ Ростов областым хыхьэ Мартыновскэ районым кIуэну дыгъуасэ ежьащ Урысейм и ДОСААФ-м и къудамэу КъБР-м щыIэм къызэригъэпэща автоколоннэр. АвтозекIуэр теухуащ Хэку зауэшхуэм и зэманым Ростов зи псэр щызыта 115-нэ шууей дивизэм. Ди лъахэгъухэм гъусэ яхуэхъуащ ДОСААФ-м и къудамэу Осетие Ищхъэрэ — Аланием щыIэри. Нобэ абыхэм къызэхакIухьынущ дивизэм хэта зауэлIхэр щыщIалъхьа щIыпIэхэр, удз гъэгъахэр тралъхьэнущ, дакъикъэкIэ яхуэщыгъуэнущ, Мартыновскэ районым и цIыхубэм яIущIэнущ. Ди республикэм и лIыкIуэхэм бысым районым хуашащ Ростов областым и бэракъыр, нэгъабэ Iуащхьэмахуэ и щыгум драхьеяуэ щытар. Фигу къэдгъэкIыжынщи, 1942 гъэм бадзэуэгъуэм и 28-м щыщIэдзауэ шыщхьэIум и 1 хъуху ди щIалэхэр зэуапIэ губгъуэм итащ лIыгъэрэ хахуагъэрэ ягъэлъагъуэу, дивизэм щыщу абы къелар мащIэ дыдэщ. Мартыновскэ районымрэ Тэрч районымрэ зэкъуэш щIыналъэ хъуахэщ, Большая Мартыновкэ и уэрамитIым ди лIыхъужьхэм я цIэхэр зэрахьэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30321.txt" }
Мы махуэхэм ШыщхьэIум и 1, махуэку УФ-м IэщIэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм я тылым и махуэщ Инкассаторым и махуэщ 1914 — 1918 гъэхэм екIуэкIа Япэ дунейпсо зауэм хэкIуэда урысей сэлэтхэм я фэеплъ махуэщ ШыщхьэIум и 1 — 7-хэр Сабий цIынэхэр анэ быдзышэкIэ гъэшхэным къыхуеджэным и дунейпсо тхьэмахуэщ 1885 гъэм япэ дыдэу уэгум зиIэтащ Можайский А. Ф. ищIа кхъухьлъатэм. 1914 гъэм Япэ дунейпсо зауэм щIидзащ. 1958 гъэм «Iуащхьэмахуэ» журналым и япэ номерыр дунейм къытехьащ. 1967 гъэм Бахъсэнрэ Тэрчрэ къалэ хъуащ. ТхакIуэ Къущхьэ СулътIан къызэралъхурэ илъэс 83-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 22 — 26-рэ, жэщым градус 19 — 20 щыхъунущ. ШыщхьэIум и 2, мэрем Хьэуа-Десантыдзэхэм я махуэщ Македонием и лъэпкъ махуэшхуэщ — Республикэм и махуэщ 1948 гъэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и унафэкIэ Амурскэ областыр Хабаровскэ крайм къыхагъэкIри, РСФСР-м хэт щIыналъэ щхьэхуэ хъуащ. 1916 гъэм Москва АМО заводыр (иужькIэ ЗИЛ хъужар) лажьэу щаутIыпщащ. 1933 гъэм Беломор-Балтие кIэнауэр, километр 227-рэ зи кIыхьагъыр, ятащ. 1942 гъэм Налшык Дзэ Плъыжьым щхьэкIэ щагъэхьэзырат ткIуаткIуэ къауэу птулъкIэ мин 20. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 23 — 27-рэ, жэщым градус 20 — 23-рэ щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30323.txt" }
Налшык — Волгоград КъБР-м Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм хамэ щIыб зэпыщIэныгъэхэмкIэ и департаментым хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, Астрэхъэн, Волгоград областхэм, Къалмыкъ Республикэм, Краснодар крайм сату-экономикэ IуэхухэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэу щылажьэ БжэныкIэ Хъусен мы махуэхэм Волгоград областым щыIэщ, республикэм икIыну гупыр абы зэрыщрагъэблэгъэнум теухуа зэпсэлъэныгъэхэр иригъэкIуэкIыу. БжэныкIэм и мурадщ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Волгоград областымрэ яку дэлъ медицинэ зэпыщIэныгъэхэм нэхъ куууэ зригъэубгъуну. Апхуэдэу абы иригъэкIуэкIынущ ди медицинэ лэжьакIуэхэм Волгоград дэт кардиоцентрым, жьэжьейр щызэрахъуэкI центрым я Iэзагъэм щыхагъэхъуэну, областым и медицинэ IуэхущIапIэхэм ди цIыхухэм я узыншагъэр щрагъэфIэкIуэжыну, ди республикэм къыщыщIагъэкI Iэмэпсымэхэмрэ хущхъуэхэмрэ абы я сымаджэщхэм хурагъашэу Iуэхур зэрызэтраухуэным теухуа зэпсэлъэныгъэхэр. ЗэращIылIэну зэгурыIуэныгъэхэм къыщыгъэлъэгъуащ Волгоград областым и сабийхэмрэ балигъхэмрэ республикэм и санаторэхэм, турбазэхэм зыщрагъэгъэпсэхуну кърагъэблэгъэну, апхуэдэу КъБР-м и предприятэхэм къыщIагъэкI продукцэхэр а щIыналъэм и тыкуэнхэм щащэну. Фигу къэдгъэкIыжынщи, лъэныкъуитIыр зэрызэдэлажьэ зэманым къриубыдэу Волгоград областым ирагъэшащ республикэм и промышленнэ предприятэхэм я продукцэ зэхуэмыдэхэр. Абыхэм ящыщщ «Телемеханика» ОАО-р, «Севкаврентген-Д», «ФармаИнтернейшиналкомпани Урысей — СНГ», «Лэгъупыкъу», «Первый питейный завод», «Агро-инвест»-ООО-хэр, «ЭКОМИЛК» IуэхущIапIэр. Къэрэщей Элеонорэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30325.txt" }
ДАХ-м ирегъэблагъэ 2010 гъэм щегъэжьауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щагъэлъапIэ Зи хэкум къэзыгъэзэжахэм я махуэр. А махуэр 1998 гъэм шыщхьэIум и 1-м Адыгэ Республикэм щагъэувауэ щытащ. ШыщхьэIум и 1-м Дунейпсо Адыгэ Хасэм и IуэхущIапIэм щекIуэкIынущ УФ-м и хэкуэгъуу хамэ къэралхэм щыпсэухэр къэшэжынымкIэ щыIэ къэрал программэр КъБР-м и щIыналъэм зэрыщылажьэм щытепсэлъыхьыну зэIущIэ. ЗэIущIэм хэтынущ ДАХ-м и Исполкомым, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм, «Хэку», «Пэрыт» хасэхэм, Адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лэжьыгъэр зэзыгъэуIу советым я лIыкIуэхэр, Тыркум, Сирием, Иорданием, США-м къикIыжауэ ди лъахэм щыпсэухэр. ЗэIущIэм сыхьэт 16-м щIидзэнущ. Ар щекIуэкIынущ ДАХ-м и IуэхущIапIэу ЩоджэнцIыкIум и цIэр зезыхьэ уэрамым тетым. ГЪУКIАКЪУЭ Идар.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30327.txt" }
ФIыуэ ялъэгъуа усэхэмрэ уэрэдхэмрэ УсакIуэ цIэрыIуэ, КъБАССР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Гъубжокъуэ Лиуан и тхыгъэхэр щызэхуэхьэса «Лиуан Губжоков: Живу для живых» зыфIаща тхылъыр иджыблагъэ дунейм къытехьащ. Налшык и «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм 500 и бжыгъэу къыщыдэкIа тхылъыр зыгъэхьэзырари абы пэублэ тхыгъэ хуэзыщIари филологие щIэныгъэхэм я кандидат, КъБЩIИ-м адыгэ литературэмкIэ и къудамэм и лэжьакIуэ Хьэвжокъуэ Людмилэщ. Тхылъым ихуащ Гъубжокъуэ Лиуан и гъащIэмрэ и гуащIэмрэ теухуауэ адыгэбзэкIи урысыбзэкIи ятхахэр, рецензэхэр, интервьюхэр, и усэхэр, уэрэдхэр, и благъэхэм, Iыхьлыхэм, ныбжьэгъухэм, лэжьэгъухэм я гъусэу траха сурэтхэр. КъищынэмыщIауэ, тхылъым и кIэух напэкIуэцIхэм Тхьэгъэзит Зубер, Къагъырмэс Борис, Уэрэзей Афлик, Бемырзэ Мухьэдин, Щхьэныкъуэ Мусэбий сымэ Гъубжокъуэ Лиуан хуатха фэеплъ усэхэмрэ Хьэвжокъуэ Людмилэ и «Псалъэ жагъуэ» балладэмрэ къыщыхьащ. Лиуан и усэхэмрэ уэрэдхэмрэ куэдым фIыуэ ялъэгъуащ. Бзэ къулейкIэ, щIэщыгъуэкIэ тха и IэдакъэщIэкIхэм щызэхэухуэнащ хэку лъагъуныгъэри, лъэпкъым къыдекIуэкI хабзэри, тхыдэри. И уэрэдхэр-щэ? «Уи цIэр Мадинэ хьэмэ Маринэ?», «Лъагъуныгъэр къандесджэгукъым», «Iуащхьэмахуэ» уэрэдхэр ноби гуфIэгъуэ зэхыхьэ щIагъуэ къэмынэу утыку щагъэзащIэу зэхыбох. Гъубжокъуэ Лиуан и усэхэр школхэми еджапIэ нэ-хъыщхьэхэми щадж. УсакIуэр пасэу дунейм ехыжами, лъэпкъым щIэиныфI къыхуигъэнащ. Ахэр ди Iэпэгъуу лъэпкъыр дыкъэгъуэгурыкIуэху езы тхакIуэми и фэеплъыр тщIыгъунущ. ТЕКIУЖЬ Заретэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30329.txt" }
Ныбжьэгъугъэр ягъэнэхъапэ Астрэхъэн, Волгоград областхэм, Дагъыстэн, Ингуш, Къэрэшей-Шэрджэс, Къэбэрдей-Балъкъэр республикэхэм щыщ лIыкIуэ 90 хэтащ «Кавказ» санаторэм щекIуэкIа спартакиадэм. Зэхьэзэхуэр «Сабий спорт» парт проектым ипкъ иткIэ къызэригъэпэщащ «Урысей зэкъуэт» политикэ партым и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм. Зэпеуэм хэтхэр махуиплIкIэ ерыщу хущIэкъуащ спартакиадэм и Кубокымрэ медалхэмрэ къэхьыным. ЦIыху 15 дэтхэнэми хэту гупи 6-р волейболкIэ, футболкIэ, кIапсэ зэпекъункIэ зэпеуащ. Псом нэхърэ нэхъ гукъинэж зэхьэзэхуэу щытащ КъБР-мрэ Ингушымрэ щыщ гупхэр иужьрейуэ футбол зэрызэдэджэгуар. Дэтхэнэри хуейтэкъым текIуэныгъэр адрейм иритыну. Сабий джэгукIэ узэджэ мыхъун зэпэщIэтыныгъэр ерыщу екIуэкIащ. Ауэ, дауэ мыхъуми, бысымхэр нэхъ шэрыуэу къыщIокIри, зэIущIэр 4:1-уэ иухащ. Санаторэм зыщызыгъэпсэху ныбжьыщIэ псори кърихьэлIат спартакиадэр щызэхуащIыж пщыхьэщхьэм. КъБКъУ-м и студентхэр зыхэта концерти абдеж щекIуэкIащ. Зэпеуэм и лIэужьыгъуищми зэрыхэтар къалъытэри, Дагъыстэным къикIа гупым жэз медалыр хуагъэфэщащ, абыхэм очкои 2-кIэ япэ ищащ етIуанэ увыпIэр къэзыхьа ингушхэр, япэ увыпIэр иратащ КъБР-м и гупым, «Урысей зэкъуэт» партым и Кубокыр зылъысари ахэращ. КъахэжаныкIа щIалэхэм щIыхь тхылъхэмрэ медалхэмрэ щхьэхуэу иратащ, апхуэдэуи волейбол, футбол зэхьэзэхуэхэм нэхъ жыджэру зыкъыщызыгъэлъэгъуахэм партым и саугъэтхэр хуагъэфэщащ. КъШР-м, Астрэхъэн, Волгоград областхэм къикIа хьэщIэхэри гулъытэншэу къагъэнакъым. «Кавказ» санаторэм и унафэщI Къардэн Алик абыхэм щIыхь тхылъхэмрэ саугъэтхэмрэ яхуигуэшащ. Ингуш Республикэм къикIа гупым щыщ Гаракоев Микэ зэрыжиIамкIэ, зэхьэзэхуэм гукъыдэж къаритащ, нэгъуэщI республикэхэм щыщхэр ныбжьэгъу къахуэхъуащ. «Саугъэтхэмрэ тыгъэхэмрэ куэдрэ дигу къагъэкIыжынущ спартакиадэм дызэрыхэтамрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым зэрызыщыдгъэпсэхуамрэ», — жиIащ Микэ. Шыпш Даянэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30334.txt" }
Мардэхэр ягъэув КъБР-м ЭнергетикэмкIэ, псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмрэ тариф политикэмкIэ и министерствэр хэтащ цIыхухэм хуащIэ коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэм я уасэхэм земыгъэIэтыным икIи псэупIэ-коммунальнэ IэнатIэмрэ электроэнергетикэмрэ я IуэхущIапIэхэр 2013 — 2014 гъэхэм я бжьыхьэ-щIымахуэ лъэхъэнэм зэрылэжьэнум хуэгъэхьэзырыным теухуа урысейпсо селектор зэIущIэм. ЗэIущIэр къыщызэIуихым УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Козак Дмитрий къыхигъэщхьэхукIащ илъэс къэс цIыхухэм ику иту ятыр проценти 6-м, бадзэуэгъуэм и 1-м къыщыщIэдзауэ процент 12-м щIемыгъэгъуным хуэунэтIауэ УФ-м и Президентым пщэрылъ ящищIахэр УФ-м и щIыналъэхэм я нэхъыбэм зэрыщагъэзэщIар. Къэбэрдей-Балъкъэрым 2013 гъэм бадзэуэгъуэм и 1-м къыщыщIэдзауэ коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэм я уасэхэр щыщхьэдэхакъым дэтхэнэ коммунальнэ Iуэхутхьэбзэ лIэужьыгъуэми папщIэ зыфIэкI мыхъуну ягъэува мардэхэми псори зэхэту ЖКУ-хэм нэхъыбэ дыдэу щIатыну ягъэувахэми. КъБР-м уасэхэр щынэхъ мащIэщ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округми Ипщэ федеральнэ округми щызекIуэ уасэхэм елъытауэ. Вице-премьер Уянаев Казым и унафэм щIэт республикэ комиссэр а Iуэхуми 2013 — 2014 гъэхэм я бжьыхьэ-щIымахуэ лъэхъэнэм зыхуэгъэхьэзырыным егъэщIылIа лэжьыгъэр зэрекIуэкIми кIэлъоплъ. ПсэупIэ-коммунальнэ IэнатIэмрэ энергетикэмрэ я IуэхущIапIэ псоми яIэн хуейщ ахэр гъэплъыгъуэ зэманым зэрыхуэхьэзырыр къэзыгъэлъагъуэ тхылъ. Ар зыхуэгъэзар, нэхъапэхэми хуэдэу, КъБР-м бжьыхьэ-щIымахуэ лъэхъэнэр тэмэму къызэринэкIынырщ. КъБР-м энергетикэмкIэ, псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмрэ тариф политикэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Бэлагъы Борис и псалъэхэм ятепщIыхьмэ, зэIущIэм щызэрагъэпщащ IуэхущIапIэхэмрэ псэупIэхэмрэ 2013 — 2014 гъэхэм я бжьыхьэ-щIымахуэ лъэхъэнэм зэрыхуагъэхьэзырым теухуауэ УФ-м и щIыналъэ псоми къикI хъыбархэр. Ику иту процент 40,7-м зыхуэгъэхьэзырауэ къыщIэкIащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым а бжыгъэр процент 60,2-рэ щохъу. «УФ-м ЩIыналъэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм къытрыригъэдзащ щIыпIэхэр а зэманым зэрыхуэхьэзырым и рейтингыр. КъБР-р псэупIэхэмрэ хуабэ зэрыкIуэ бжьамийхэмрэ лъэхъэнэм зэрыхуэхьэзырымкIэ щIыналъэхэм я рейтингым щыпашэщ, ауэ еплIанэ увыпIэрщ иIыгъыр кхъахэ хъуа, зэхэкъута псыжапIэ бжьамийуэ зэрахъуэкIамкIэ», — жиIащ Бэлагъым. Козак Дмитрий зэIущIэм хэтхэр къыхуриджащ фэтэр куэд хъу унэхэр зехьэным и Iуэхухэм цIыхухэр нэхъ куэду хашэну. «ЦIыхухэр псэупIэ-коммунальнэ IэнатIэм и IуэхущIапIэхэм я лэжьыгъэм жыджэру кIэлъымыплъмэ, абы къэралыр пэлъэщынукъым», — къыхигъэщхьэхукIащ вице-премьерым. Абы къелъытэ псэупIэ Iуэхутхьэбзэхэм я уасэхэр гъэтэмэмынымкIэ яIэ хуитыныгъэхэмрэ я пщэ дэлъ къалэнхэмрэ цIыхухэм нэхъ куууэ ягурыгъэIуэн хуейуэ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, Къэбэрдей-Балъкъэрым Жылагъуэ кIэлъыплъыныгъэмкIэ щIыналъэ центр къыщызэIуахащ. Абы махуэ къэс цIыхухэм къыщедэIуэнущ, псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэм и IэнатIэм епхауэ щIэмыарэзы щыIэмэ, тхьэусыхафэхэр зэхигъэкIынущ, коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэм я уасэхэм лъабжьэншэу хагъахъуэу идэнукъым. ЭнергетикэмкIэ, псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмрэ тариф политикэмкIэ министерствэм «линие пщтыр» телефоныр щолажьэ: 42-60-47. КъБР-м ЭнергетикэмкIэ, псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмрэ тариф политикэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30336.txt" }
УнэтIыныгъэхэм я пIалъэр Тверь областым щыIэ Селигер гуэлым и Iуфэм бадзэуэгъуэм и 14-м щегъэжьауэ шыщхьэIум и 5 хъуху щокIуэкI «Селигер-2013» щIалэгъуалэ зэхыхьэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу абы хэтщ ныбжьыщIэ 44-рэ. Зэхыхьэм хэтынухэм гупищу загуэшащ: япэу Селигер щыIащ «ЩIалэгъуалэ проектхэм я форум» унэтIыныгъэмкIэ лажьэхэр, етIуанэ зэхуэсым хэтахэр «Iуэху зезыхьэхэращ», ещанэр «Граждан форум»-м къызэщIиубыдэхэращ. Иужьрейхэращ иджы зэхуэсыр. Абы я проектхэр щагъэлъэгъуэнущ ди лъахэгъу ныбжьыщIэ 20-м. Япэ зэхыхьэм хэта, Налшык къалэ щыщ Елей Алим Селигер щигъэкIуа махуэхэр гуапэу игу къинэжащ, куэд ныбжьэгъу къызэрыхуэхъуамрэ цIыху цIэрыIуэхэм зэраIущIамрэ топсэлъыхьыж. «Абы щекIуэкI псори хуабжьу сигу ирохь. Иджы ещанэу сыхэтащ а Iуэхум. Лэжьыгъэм, къыхэпха унэтIыныгъэм и пIалъэр щызэбгъащIэ утыку хъарзынэщ ар», — жеIэ Алим. Елейм мы гъэм Селигер щигъэлъэгъуащ торакоскопическэ, эндоскопическэ операцэ ящIа нэужь, зэрадыж Iэмэпсымэхэр зэпкърылъхьэным теухуа проект. Елей Алим щIэныгъэ статья куэд къытрыригъэдзащ, урысейпсо зэпеуэ куэдым щытекIуащ, дунейпсо конференцхэм хэтщ, апхуэдэуи «Open Innovations» фIащауэ Москва щекIуэкI дунейпсо зэпеуэм и зы унэтIыныгъэм пашэ щыхъуауэ щытащ. ЩIэныгъэлI ныбжьыщIэр абдеж къыщыувыIэну и мурадкъым. «ТекIуэныгъэ гуэр зыIэрызгъэхьэху, нэхъыбэжым сытрегъэгушхуэ. Зи яужь ситыр сигу ирохь икIи си фIэщ мэхъу си IуэхущIафэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и мызакъуэу, нэгъуэщI щIыналъэхэми сэбэп зэрахуэхъунур», — къыддогуашэ Елейр. Пщыгъуэш Iэсият.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30339.txt" }
Зыгъэпсэхугъуэ махуэм Тхыгъэ кIэщIэр МыIэрысейм и жэуапыр Зэи зыри къызыпымыкIэ жыгыр мыIэрысэ куэдыщэм зи къудамэхэр кърищIэх мыIэрысейм щIэнакIэрт: «Еплъ абы и нэпсеягъэм! ПхуэмыIыгъынум хуэдиз къэпщтауэ щхьэ уи къудамэхэр ебгъэкъутэрэ?! Гъэ къэси аращ къыпщыщIыр. Зэ губзыгъэ щхьэ умыхъурэ?!» МыIэрысейм абы щэныфIэу жэуап ирет: «Пэжщ, си къудамэ зытIуи къутащ, яхуэIыгъакъым къапыкIам и хьэлъагъыр. Ауэ ар Iуэхукъым, сэ абы сыкъелынщ. Нэхъыщхьэр — къыпыкIа мыIэрысэ куэдым цIыхухэр зэрагъэгуфIэнурщ. Аракъэ атIэ насып жыхуаIэжыр?! Ауэ ар уэ къыбгурыIуэнукъым: уэ игъащIэм зы пхъэщхьэмыщхьэ цIыкIуи къыппыкIакъым, итIани укъысхущIобжэ, насыпыншэ!» Бзу гъуабжэжь Си щхьэгъубжэм къыIут пхъэгулъей жыгым пщэдджыжь къэс пызу къыпотIысхьэ щым дыдэу жэщыр зыгъэкIуа бзу гъуабжэхэр, икIи «хэт и макъ нэхъ ин» жаIэу зэпеуэ хуэдэ, зэрыгъэкIийуэ щIадзэ. УщIэдэIумэ, зы макъщ псоми ягъэIур: «КIыркъ-кIыркъ-кIыркъ!» Ауэ сэ къысфIощI абыхэм жаIэу: «Сыту фIыт — нэху щащ, дыузыншэщ. Иджы нобэ тшхын къыздитхынум дегупсысын хуейщ…» Бзухэм яхэтщ зы бзуухъужь. Абы и макъыр нэхъ гъумщи, адрейхэм яйм хэгъуащэркъым. ГъэщIэгъуэнщ сэ а бзуужьым дэслъэгъуар… Ди балконым тедгъэуват хугу зэрылъ кIэструл. Къытщыгъупщэри, и щхьэр тетпIатэкъыми, бзуухъужьым къигъэунэхуауэ зигъэтхъэжырт. Иджы нэхущым деж ар яхыхьэжыртэкъым «сыт тшхын?» жаIэу зэрыгъэкIий адрей бзухэм. Абыхэм закъримыгъащIэу, зэуэса ди хугум къэсырти ирикъуху ишхырт. Шхэн зэриухыу, адрейхэм яхэтIысхьэжырт. Ауэ гъэщIэгъуэнракъэ, иджы абы и жьэр зэтрихыжыртэкъым, щыму, зэми щхьэукъуэу, тест къудамэм. Бзухэм яхэс пэтми, яхэмытыж хуэдэт ар. Зэхихыжыртэкъым абыхэм жаIэр, ахэр зыгъэпIейтейр… Апхуэдэурэ тхьэмахуэ хуэдиз дэкIауэ, зэрихабзэу, нэхущым бзуухъужьыр къос ди балконым. Зеплъыхь, илъагъур игу иримыхьу. КъепкIыхь, къелъэтыхь, мэгузавэ. ИтIанэ егъэзэжри адрей псоми нэхърэ нэхъ ину кIийуэ хуожьэ, жыгыщхьэм здыпысым. Ар зыкIэ «шхыдэрти»! Хьэ губжьа банэу фIэкI пщIэнтэкъым. Абы къызэщIигъэплъауэ, адрей бзухэми залIэжырт, къэхъуам зыри хамыщIыкI пэтми. Сэ занщIэу къызгурыIуакъым бзуухъужьыр «щIэшхыдэр». ИтIанэ гурыщхъуэ гуэр сщIыри, балконым сихьащ. Хугу зэрылъ кIэструлыр зыдэлъ шкIаф цIыкIум и бжэр зэхуэщIат… Иджы бзуухъужьыр, адрей и ныбжьэгъу гъуабжэхэм яхэсу, пщэдджыжь къэс топсэлъыхь нэху зэрыщам, псэун зэрыхуейм, нобэ шхын къыздрахынум. Щхьэмрэ лъакъуэхэмрэ Щхьэм зигъэщIагъуэрт: — Сэращ Iэпкълъэпкъым нэхъ губзыгъэ дыдэу хэтыр, нэхъ лъагэуи зызыIэтар! Абы и жэуапу лъакъуэхэм жаIащ: — Пэжщ, уэ угубзыгъэщ, Iэпкълъэпкъым щыщу нэхъ лъагэ дыдэу зызыIэтари уэращ. Ауэ, дэ, лъакъуэхэм, ди мыхьэнэри хыумыгъэкIуадэ, дэ укъедмыхьэкIыу щытамэ, дэнэ унэсынт уэ, сыти уи псэукIэнт?! Аращи, лъагэу уIэтауэ псэу, ауэ дэри дызыщумыгъэгъупщэ. Щхьэр гупсысэри, абыкIэ арэзы хъуащ. Къагъырмэс Борис. ГушыIэ КъыфIэдзэ си бзэгум Махуэ гуэрым Хъуэжэ пщIантIэм дэту шу блэкIыу илъэгъуащ. Сэлам къыщрихым, мыдрейми, хабзэм зригъэхьри, жиIащ: — Еблагъэ, хьэщIэ, зодгъэгъэпсэхунщ! Шур жыжьэ къикIырт, ешат, къуажэми хэгъэрей щиIэтэкъыми, «къеблагъэ» къыщыжраIэм, гуфIэри къыдыхьащ. Зыкъригъэлъэтэхри зиплъыхьа щхьэкIэ, пщIантIэм шы фIэдзапIэ щилъэгъуакъым. — Мы шыр дэнэ фIэздзэн? — жиIэри хьэщIэр къеупщIащ Хъуэжэ. Адыгэ хабзэм зригъэхьу «къеблагъэ» жиIа щхьэкIэ, Хъуэжэ тхьэмыщкIэ Iейуэ псэурти, щIегъуэжащ. — КъыфIэдзэ си бзэгум, — жиIащ Хъуэжэ. Шум къыгурыIуэри, шэсри дэкIыжащ. КъардэнгъущI Зырамыку. Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр Наполеон Бонапарт пирамидэхэм я деж адыгэ мамлюкхэм я дзэр щыхегъащIэ. 1798 гъэ, бадзэуэгъуэм и 27 Сурэтыр Грос Антуан ищIащ. 1810 гъэ Нэщэнэхэр Псы макъыр ищхъэрэкIэ къыщоIу МафIэм уриджэгуну фIыкъым. Мэрем пшыхьым пхъэнкIий ирадзыртэкъым. НапщIэ уфар угъурлыкъым жаIэрт. Псы макъыр ищхъэрэкIэ къыщыIумэ, уэлбанэ хъуну къалъытэрт. ПхъэнкIэрей угъурсызщ жаIэрт. Сабийр жейуэ дыхьэшхмэ, шейтIаным егъэдыхьэшх жаIэрт. Сабийр япэ зыщIыхьа унэм зыгуэр кърамытмэ, фIыкъым жаIэрт. «Сызыубыр убалъэм изулъхьэ!» жаIэрт я тхьэкIумэ сэмэгур щыплъым деж. Сымаджэр щэ зэкIэлъыпыту къепсмэ, хъужынущ жаIэрт. ЖыIэгъуэхэр Узэрыщымыт зумыщI МыхъумыщIэ пщIамэ, куэдрэ уащыгъупщэркъым, фIы пщIамэ, занщIэу уаIэщIохуж. ЦIыхур зыгуэркIэ къыпщыгугъмэ, Iэмал имыIэу и псэлъэкIэмкIэ къэпщIэнущ. ФIы пщIами Iей пщIами ар Iэмал имыIэу зэгуэр къыппекIуэкIыжынущ. ЦIыхум жумыгъэIэжын умыIуатэ. Тыншу упсэуну ухуеймэ, уи мыIуэху зумыхуэ. Бзэгу зезыхьэу еса цIыхум и къалэныр арауэ къыщохъуж. Узэрыщымыт зумыщI — хамэ хьэл махуищ пIалъэщ. БжэныкIэ Регинэ. Бахъсэн район, Тыжьей къуажэ. Гу зылъытапхъэ ШыщхьэуIу жиIэущ зэрытхын хуейр Филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, ЩIДАА-м и академик Апажэ Мухьэмэд «Адыгэ псалъэ» газетым и редакцэм дыгъуасэ къэпсалъэри, гу лъыдигъэтэжащ август мазэм и цIэр адыгэбзэкIэ щыттхкIэ щыуагъэ зэрыдгъакIуэм. НэхъапэкIэ къэдгъэсэбэпу щыта шыщхьэIу мазэцIэр шыщхьэуIу жиIэущ зэрытхын хуейр. Апхуэдэу Апажэм зэрыжиIамкIэ, езымрэ профессор КIуэкIуэ Жэмалдинрэ 2008 гъэм къыдагъэкIа псалъалъэми а псалъэр щыуагъэ хэту кIуащ: шыщхьэуIум и пIэкIэ шыщхьэIуу къыщокIуэ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, августым шыщхьэуIукIэ щIеджэр мы мазэм шыхэм я щхьэхэр яутхыпщIрейуэ, зэбладзурэ зэрыщытырщ. ЦIыкIухэм папщIэ Лацэ пшынауэщ Лацэ йоуэ пшынэм, Къафэ кърегъэкI. Джэгур щащI лэгъунэм, ЦIыкIухэр щоуджэкI. Пшынэм и бзэ дахэм Джэгур зэхишащ. Пщащэм я нэхъ дахэр Утыку кърашащ. Къигъэпсалъэу унэр, Iэгур щIакъутыкI. Мэбзэрабзэ пшынэр, Лаци погуфIыкI. Утыку ихьа Лацэ — И макъ егъэIуф. Къашыргъэ КIурацэу Къафэм дожьууф. Хъарбыз И бжэIупэм ди тыкуэным Хъарбыз щащэу зэхызох. Сэ щэхуакIуэ сыхуэкIуэну Дадэ ахъшэ къыIызох. Сыхоплъыхьри, я нэхъ иныр Хъарбыз самэм къыхызох. Ар ислъхьэну, тхылъымпIэпсу Хъуржынышхуи къаIызох. Мыхьэнэншэт хъуржынышхуэр — ЗэфIотхъ, къэзмыкIуауэ куэд. Тохуэр щIыми хъарбызышхуэр, ЗэхуэдитIу зэгуеуд. Нэсхьэсакъым ар ди Iэнэм — Сошх и ныкъуэр хъарбыз хъуам. Адрей ныкъуэр сохьыр унэм, Дадэ жызоIэж къэхъуар. «Iэмалшыщ мыр» жиIэ хуэдэ, Къызоплъ дади, мэдыхьэшх. СIех къэсхьар, «къакIуэ мыдэ, — ЖеIэ, — IэфIу зэдэдгъэшх». Мэз Iэниуар Фэ фщIэрэ? ВакIуэ бэракъ БлагъэщIэ. Зи къуэ, зипхъу зэрышэу благъэ зэхуэхъуа унагъуитIыр, лъэпкъитIыр «БлагъэщIэкIэ» зэджэу щIадзэ, адрей благъэхэм къыхагъэщхьэхукIыу. БлагъэзэгъэцIыху. Iыхьлыхэр щызэрыцIыхур аращ. Мы хабзэм кIэлъыплъакIуэ, кIэлъыгъакIуэ, Iыхьэхьыж жаIэу йоджэ. XIX лIэщIыгъуэм и кIэухымрэ XX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэмрэ благъэзэгъэцIыху кIуэуэ щытар щIалэм и адэрт, и ныбжьэгъу зытIу и гъусэу. ЦIыхубзхэр щыкIуэр благъэм гуфIэгъуэ гуэр е нэщхъеягъуэ щаIэхэрт. БлэкIа лIэщIыгъуэм и 40 гъэхэм цIыхубзхэри, лIыхэм я гъусэу, благъэщIэм я деж кIуэуэ къаублащ, тхъурыжь, хьэлывэ матэ, бостеяпхъэ, напэIэлъэщI, кIэнфет, хьэлыуэ сыт хуэдэхэр яIыгъыу. Зэман куэд драмыгъэхыу хъыджэбзым и Iыхьлыхэри къакIуэрти, малъхъэм и благъэхэр зрагъэцIыхурт. 60 гъэхэм благъэзэгъэцIыху кIуэхэр нэхъыбэ хъуащ (цIыху 25-30), псоми шумэдан зырыз яIыгъыу. Шумэданхэр зратынухэм я цIэ-унэцIэхэр тхыгъэкIэ наIуэ ящIырти, абыхэм цIыхухъу, цIыхубз кIэстум, бостеяпхъэ, джанэ, лъэпэд, дыху далъхьэхэрт. 80 гъэхэм къыщIадзащ шумэданхэр ямыхьыжу, абы и пIэкIэ ахъшэ яхьрэ малъхьэм и техьэпщIэу нысащIэм и адэ-анэм яриту. Ахъшэм и гъусэу мэл, шхын, нэгъуэщIхэри яхь. БлагъэкIэлъыкIуэж. Щхьэгъусэ зыщIа щIалэм и адэ-анэр, Iыхьлыхэр нысащIэм и адэ-анэм деж благъэзэгъэцIыху щыIа нэужь, адрей лъэныкъуэми пIалъэ гуэр дигъэкIырти, къакIэлъыкIуэжырт. Абы «БлагъэкIэлъыкIуэжкIэ» йоджэ. ХьэщIакIуэ къакIуэхэми тыгъэ гуэрхэр щIалэм и благъэ-Iыхьлыхэм къыхуахьырт. Апхуэдэу благъэщIэ зэхуэхъуахэр зэрыцIыхуа иужь, хуиту зэкIэлъыкIуэу щIадзэрт. Вагъэбдзумэ хъуэхъу. Лэжьыгъэм епха адыгэ хабзэщ. Жылэр вакIуэ щыдэкIа махуэм япэ вагъэбдзумэр къыгуихыну зыхуагъэфэщар гъавэ бэв къехъулIэу, угъурлыуэ ябжу къуажэм дэс гуэрт. Лэжьыгъэм щIамыдзэ щIыкIэ вакIуэ тхьэмадэм махъсымэ шынакъ къищтэрти хъуахъуэрт, гъэр бэв яхуэхъуну, жылэр узыншэну, кърахьэлIэ гъавэр IэфIрэ гуфIэгъуэкIэ зэдашхыжыну. Абы «Вагъэбдзумэ хъуэхъукIэ» еджэрт. Хъуэхъур зэфIэкIа нэужь, япэ вагъэбдзумэр гуэзыхыну зыхуагъэфэщам пхъэIэщэкъур иубыдырти, лэжьыгъэр иришажьэрт. Вагъэплъ (Вагъэплъ хъун). Мэкъумэш лэжьыгъэм епха псалъэщ. Сэгъуэм ирихьэлIэу уэгъу хъурэ жылэр къыхэмыкIыу хисхьэжамэ, щIыр «Вагъэплъ хъуауэ» жаIэрт. Абы щыгъуэ жылэр щIэрыщIэу тесэжын хуей хъурт. ВакIуэ бэракъ. Лэжьыгъэм ехьэлIа хабзэщ. Япэм щыгъуэ зы жылэм дэсхэр зэгъусэу вакIуэ дэкIыу, зэгъусэуи къыдыхьэжу щытащ. Вэныр псоми зэдыщIадзэрт, апхуэдэуи зэдаухырт: зым япэ адрейм и выхэр щIищIэ е щIитIыкI хъунутэкъым. А хабзэр ямыкъутэн щхьэкIэ, псоми ялъагъун хуэдэу, вагъэкум зы щIалэ цIыкIу хагъэтIысхьэрт, зи щхьэкIэм щэкI плъыжь фIэщIа баш кIыхь иIыгъыу. ВакIуэ тхьэмадэм и унафэкIэ щIалэм башыр иIэтмэ, вэн зэдыщIадзэрт, ирихьэхмэ, зэдаухырт. Апхуэдэ лэжьэкIэр къызэрызэрагъэпэщ Iэмэпсымэм «ВакIуэ бэракъкIэ» еджэрт. Думэн Хьэсэн. Лъэпкъ шхыныгъуэхэр Къэбыстэ шыуа Къэбыстэр ягъэкъабзэ, псыгъуэ цIыкIуурэ, хъынкIэлым ещхьу, яупщIатэ, хьэкъущыкъу куум иралъхьэ, шыгъу хагъэщащэри, IитIкIэ зэIащIэ, и щхьэр трапIэри шыгъур къэбыстэм хыхьэн щхьэкIэ, щIыIапIэ деж сыхьэтищ-плIыкIэ ягъэув. Щхьэхуэу бжьыныщхьэ, бжьыныху яукъэбзри цIыкIу-цIыкIуурэ яупщIатэ. Абы тыкъыр цIыкIуу упщIэтауэ шыбжий сыр, шыбжий фIыцIэ мыхьэжа халъхьэ. А псори фIыуэ зэIащIэурэ зэхапIытIэ, а зэхалъ-хьар къэбыстэм халъхьэри зэхэзэрыхьыхукIэ зэIащIэ. ИтIанэ къуэн хаудэри, и щхьэм хьэлъэ гуэр тралъхьэ, щхьэтепIэр трапIэжри, зы тхьэмахуэ хуэдизкIэ щIыIапIэ деж ягъэув, фIыуэ зэхэшыпсыхьын щхьэкIэ. Iэнэм щытрагъэувэнум деж тепщэч цIыкIум пIинэу иралъхьэ. КIэртIоф гъэва, пIастэ хуабэ, щIакхъуэ дашх. Халъхьэхэр: къэбыстэ хужьу — г 8000, шыгъуу — г 120-рэ, бжьыныху укъэбзауэ — г 120-рэ, бжьыныщхьэ укъэбзауэ — г 200, шыбжий сыр плъыжь мыхьэжауэ — г 40, шыбжий фIыцIэ мыхьэжауэ — г 20, къуэнтхъурейуэ — г 160-рэ. Санэ фIыцIэрэ форэ ФIыуэ лъэса санэ фIыцIэр япIытI, хьэкъущыкъу лам иралъхьэ, фо гъэткIуа хакIэ, фIыуэ зэIащIэжри абджым е кхъуэщыным иралъхьэ. Абы и щхьэр ягъэбыдэжри, щIыIапIэ-кIыфIыпIэм ягъэув. Шейм драф, лэкъум хуабэм, щIакхъуэм дашх. Халъхьэхэр: санэ фIыцIэу — г 3000, фоуэ — г 3000. «Адыгэ шхыныгъуэхэр» тхылъым къитхыжащ. Псалъэзэблэдз ЕкIуэкIыу: 5. ПцIы къыстумылъхьэ, … къэп-хьынщ. 6. Зи щхьэкIэхэр теухъуэнщIыкIа жыг лъэдий гъум. 10 КъурIэным и зы пычыгъуэ. 11. Хадэм зэрилэжьыхь. 12. … лъакъуэ щIэткъым. 14. Илъэс пщыкIубл фIэкI имыныбжьу ЩоджэнцIыкIу Алий итха усэ. 15. Зеиншэ. 17. Джэдум сабийхэр зэре-джэ. 19. Адыгэ драматург, Къэбэрдей-Балъ-къэрым и цIыхубэ тхакIуэ. 20. «Фи нысэ цIыкIур къуэбын … Тхьэм фхуищI». 21. ПхъэIэщэм и пкъыгъуэ, щIы щхьэфэр зэзыгъэдзэкI. 23. Iэщ зезыхуэм къигъэсэбэп Iэмэпсымэ. 26. ЩIагъыбзэ, ауан е гушыIэ хэлъу нэгъуэщIым ирадз псалъэ. 27. Абы и щхьэм щхьэц къытекIэркъым. 28. … псы кIэрыпщIэрэ? 33. ЩIакхъуэ хужь къызыщIэкIыу щыта ахъшэ жьгъей. 34. МахуэцIэ. 36. … зэхэуэгъуэ. 37. Лъагэу зэтекIута гуэр — мывэ, нартыху, нэгъуэщI-къинэмыщIхэр. 38. ПсыпцIэ къуалэбзу пщэ кIыхь, лъакъуэ кIыхь. 40. ХадэхэкI. 41. Зыгуэр иракIутэн папщIэ яшыхьа тхылъымпIэ. 44. УэрэджыIакIуэ цIэрыIуэу щыта, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ артист. 45. Адыгэ сабийхэм папщIэ къыдэкI журнал. 46. Дин лэжьакIуэ, ефэндыхэм я нэхъыщхьэ. 47. Хъарбыз … е кхъуей … 48. НэщI мазэм тхьэмыщкIэхэм, зеиншэхэм ират Iыхьэ. Къехыу: 1. Нартыху гъэлыгъуа хьэжыгъэ. 2. НэгъуэщIхэм яхэмыгъуэщэн папщIэ Iэщым традзэ дамыгъэ. 3. Европэм и къэрал нэхъ къулей дыдэхэм ящыщ зым и къалащхьэ. 4. ХадэхэкI. 7. Аруан районым хиубыдэ къуажэ. 8. Макъым зрамыгъэIэту пэгъым-пэгъыму зэрышхыдэм апхуэдэу йоджэ. 9. Хъэуан IэфI лIэужьыгъуэ. 13. Хьэлу, хьэтыкъ, чыржын , … . 16. МэкъумэшыщIэхэм гъавэ … кърахьэлIащ. 18. … цIыкIу бжьакъуэшхуэ. 22. Зи тхьэмпэхэр хуэхъурей щIыкIэ, зи пхъафэр щхъуэ-фIыцIафэ, зи гъэгъахэм бжьэм фо къыпах жыг пхъэ щабэ. 24. Зэпымыууэ уэс зытелъ бгыхэр. 25. Языныкъуэ пхъэщхьэмыщхьэхэм я кум илъщ. 29. Ахын Iуфэ Iус адыгэ лъэпкъ. 30. Къэбэрдей-Балъкъэрым и Совет Нэхъыщхьэм, абы и ужькIэ Урысей Федерацэм и Къэзыбж палатэм и тхьэмадэу щыта. 31. ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр драмэ театрым и джэгуакIуэ, Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и артисткэ. 32. Жэщ хъуху къемыкIуалIэу хьэулея и къуэм анэр йошхыдэ: «Узыр уиIэщ уэ пщэдей мы пщIантIэм … дэчыкIи!» 34. Къэбэрдей-Балъкъэрым и Суд нэхъыщхьэм и унафэщI. 35. Жыг … е джэдыкIэ … . 39. ТепIэнщIэлъын. 40. Ди щIыпIэм щыбагъуэ удз гъэгъа щхьэ гъуэжь цIыкIу. 42. Уэрэд гууз. 43. Адыгэ IуэрыIуатэм къыхэщыж цIыхубз пелуан. Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ. Бадзэуэгъуэм и 27-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр: ЕкIуэкIыу: 3. Сэрмакъ. 6. Пхъуантэ. 8. КIэрэф. 10. ТIуанэ. 11. Гъэгъэн. 12. Ябгэ. 14. Уащхъуэ.16. ЛIакъуэ. 20. Афэ. 23. Шхуэ. 24. ПсыхэкIуадэ. 25. Дыд. 26. Бэдж. 31. Тхъусэ. 32. Уэтэр. 33. Азэн. 34. Iумпэм. 37. Индие. 39. Къалэн. 40. ПцIащхуэ. 41. Хьэщпакъ. Къехыу: 1. Джэду. 2. Утхэ. 4. Ашэмэз. 5. Гъурц. 7. ХъунгъалIэ. 8. КIыгуугу. 9. Фэдэн. 13. Бжэндэхъу. 15. Щауэкъуэт. 17. Къуршыбгъэ. 18. Бардэ. 19. Нэгъуджэ. 21. Усэ. 22. «Адэ». 27. ФIэщмыхъу. 28. Дудакъ. 29. Арджэн. 30. Каринэ. 35. МацIэ. 36. Кхъулэ. 38. Инат.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30343.txt" }
Лъэпкъым и набдзэ, гупсысакIуэ лъэщ УсакIуэ, тхакIуэ цIэрыIуэ, публицист Къуиикъуэ Налбий къызэралъхурэ илъэс 75-рэ ирокъу Адыгэ усакIуэ, прозаик, драматург, публицист, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ Къуиикъуэ Налбий Инус и къуэр Адыгэ Республикэм и Теучэж районым хыхьэ Къунчыкъухьэблэ къуажэм 1938 гъэм бадзэуэгъуэм и 20-м къыщалъхуащ. 1957 гъэм Адыгей къэрал пединститутым щIэтIысхьащ. ЕджапIэр къыщиуха 1962 гъэм щыщIэдзауэ 1978 гъэ пщIондэ «Социалистическэ Адыгей» газетым корректору, корреспонденту щылэжьащ. 1978 — 1991 гъэхэм щIыпIэ радиом адыгэбзэмкIэ и къудамэм и унафэщIу, 1991 — 1993 гъэм «Гъуазэ» газетым и редактор нэхъыщхьэу щытащ. 1993 — 1997 гъэхэм Адыгэ Республикэм и радиом и унафэщIу лэжьащ. 1997 гъэм республикэм и тхылъ тедзапIэм и редактор нэхъыщхьэ, АР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ къалэнхэр зэдигъэзэщIащ. Налбий и Iэдакъэм къыщIэкIащ усэхэр, поэмэхэр, пьесэхэр, рассказхэр, повестхэр, шыпсэхэр, «Адыгэ хабзэ» тхылъыр. Къуиикъуэр адыгэбзэм и диалектитIымкIи урысыбзэкIи тхэуэ щытащ. УрысыбзэкIэ дунейм къытехьа и тхылъхэм ящыщщ «Танец надежды» (1979 гъэ), «Светлый друг» (1982 гъэ), «Звезда близка» (1984 гъэ), «Продрогшая вишня» зыфIищахэр. И тхыгъэ щхьэхуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм, Тбилиси, Урысейм и къалэ зэмылIэужьыгъуэхэм, хамэ къэралхэм щыщу Болгарием, Тыркум, Сирием, Израилым къыщыдэкI газетхэмрэ журналхэмрэ къытехуащ. Шекспир Уильям и «Укрощение строптивой», Гольдони Карло и «Хозяйка трактира», Мольер Жан-Батист и «Тартюф», Гоголь Николай и «Ревизор», Чехов Антон и «Иванов» тхыгъэхэр, куржы, чех, нэмыцэ усакIуэхэм я усэ щхьэхуэхэр адыгэбзэм къригъэзэгъащ. Гуащэ театрым папщIэ пьесэхэр адыгэбзэкIи урысыбзэкIи и Iэдакъэ къыщIэкIащ. Къыхэгъэщыпхъэщ, Испанием щекIуэкIа кинофестивалым и саугъэт нэхъыщхьэр зылъагъэса «Сумерки надежд» япэ адыгэ художественнэ фильмым и сценарийр Къуиикъуэ Налбий зэритхар, гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ и лэжьакIуэ пажэхэм теухуа теленэтынхэр зэригъэхьэзырар. Къуиикъуэ Налбий СССР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм 1974 гъэм хыхьащ. УсакIуэм и гуащIэр къалъытэри, «Адыгэ Республикэм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэр къыфIащащ, Адыгейм и Къэрал, Къандур Иззэт и цIэкIэ ягъэува дунейпсо саугъэтхэм я лауреат хъуащ. И ныбжьыр илъэс 70-м иту, 2007 гъэм Къуиикъуэ Налбий дунейм ехыжащ. ТхакIуэр Мейкъуапэ къалэм щыщIалъхьэжащ. Адыгэу укъэнэну тыншкъым УсакIуэ, прозаик, драматург, гупсысакIуэ Къуиикъуэ Налбий дунейм зэрехыжрэ илъэситху ирокъу. Зэманыр псынщIэу макIуэ, ауэ адыгэ лъэпкъым и къуэ нэхъыфIхэм ящыщ Налбий и цIэр тщыгъупщэркъым. Ди къэралми адыгэ щыпсэу нэгъуэщI щIыналъэхэми щыцIэрыIуэт ар. ГъащIэ къэзыгъэщIа сэ къэскIуа гъуэгуанэм куэдым сащыхуэзащ. Языныкъуэхэр ныбжьэгъу схуэхъуащ, адрейхэр спэIэщIэ хъуащ, гуми къемыуэу. Къуиикъуэ Налбий къызэрысцIыхуар насыпышхуэу къызолъытэ. Зи псалъэмрэ зи IуэхущIафэмрэ зэтехуэ цIыху иджыри дунейм зэрытетыр аращ быдэу си фIэщ зыщIар. Журналист, усакIуэ, прозаик, драматург… Сытым абы и гур нэхъ хуэгъэзат? Абы и жэуапри хьэзырщ. А псори зэуэ Налбий хэухуэнат, зыр зым дигъэIэпыкъуу. Ар цIыху тыншт, къызэрыгуэкIт, псэлъэгъу бэлыхьт. ТхакIуэр уэрамхэм къыщацIыхурт. Налбий къэзыцIыху дэтхэнэри къыбгъэдыхьэурэ сэлам кърахырт, къепсалъэрт. Абы и лъэпкъыр фIыуэ илъагъурт, езыри фIыуэ къалъагъурт, пщIэшхуэ къыхуащIырт. ГъащIэм хилъагъуэ мыхъумыщIагъэхэм щытепсэлъыхькIэ къыпэрыуэну зыми къыщIрамыкури арат. Къуиикъуэ Налбий лъэпкъым и напэщ. Адыгэм фIыщIэ хуэфащэщ апхуэдэ цIыху зэригъэсам папщIэ. Ар дунейм щехыжам тфIэкIуэдар зыхуэдэмрэ зыхуэдизымрэ зэман дэкIмэщ къыщыдгурыIуэнур. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, абы хуэфащэ гулъытэ псэу щIыкIэ хуэтщIакъым. Зэгуэрым Налбий теухуа тхыгъэ стхыну иужь сихьат. Ауэ, къысхущIэмыдзэурэ, зэманыр кIуэрт. Апхуэдэу зы тхьэмахуи тхьэмахуитIи блэлъэтащ. Си стIолым усэ тхылъитI телът, щIэх-щIэхыурэ къытезгъэзэжурэ седжэу. Зыр Ляпин Игорь ейт. Абы усэ гъэщIэгъуэн сыщрихьэлIащ, Къуиикъуэ Налбий и гъащIэмрэ и гуащIэмрэ теухуауэ. А усэм сыкъеджа нэужь, си нэр къэплъэжащ. Къэсхьынщ ар зэрыщыту: Есть грань такая, что за нею — И боль — не боль, и страх — не страх, И нет предела вдохновенью, И враг за ней повержен в прах. За этой гранью — подвиг, слава, Безверья нет, бесчестья нет, За нею на бессмертье право Тому, кто юн, тому, кто сед. Там каждому предначертала Судьба высокой чести дань. Да нужно мужество сначала, Чтобы шагнуть за эту грань. Куэд щIат сэ Къуиикъуэ Налбий зэрысцIыхурэ, ауэ дызэнэIуасэтэкъым. Уэрамым дыщызэрихьэлIэмэ, сэлам зэтхырт, дызэпсалъэрт, усэ зэритхми сыщыгъуазэт. Налбий и къуэш Асфар нэхъ гъунэгъуу дызэригъэцIыхуащ. Абы щыгъуэм Налбий радиом щылажьэрт. Си усэхэм езгъэджэну щыжиIэм, щы къыхэсхри хуэсхьащ. Абыхэм къеджэри къызэплъащ, къытригъэзэжу къеджа нэужь, и щхьэр къиIэтри: «УсэфIхэщ, ауэ лъыкIэ гъэнщIащ», — жиIащ. ЗэкъуэшитIымрэ сэрэ а махуэм усыгъэм куууэ дытепсэлъыхьащ. Налбий адыгэбзэкIэ сыщIэмытхэм и щхьэусыгъуэм щIэупщIащ. Сэ жесIащ адыгэбзэр зэрызмы-джам къыхэкIыу, псэм щыщIэр, гурыгъу-гурыщIэхэр ди бзэмкIэ къызэрысхуэмыIуатэр. Абдеж щыщIэдзауэ зыр зым и тхыгъэхэм дыкIэлъыплъурэ дыкъэгъуэгурыкIуащ. АдыгэбзэкIи урысыбзэкIи итхахэм сфIэфIу седжэрт, и пьесэхэм къытращIыкIауэ Лъэпкъ театрым щагъэлъагъуэ спектаклхэми сыдахьэхат. И тхыгъэхэм щыщ гуэрхэр лъэпкъ IуэрыIуатэм пэгъунэгъут. ПыухыкIауэ цIыху щхьэхуэхэмрэ Iуэхугъуэхэмрэ теухуами, зи гугъу ищIхэр къэхъуфынут блэкIа, къэкIуэну зэманхэми, ди нобэми. Къыхэгъэщыпхъэщ, Налбий нэхъыбэу зыгъэгузавэу щытар зэманыр зэрыармырар, атIэ цIыхухэм я зэхущытыкIэхэмрэ я IуэхущIафэхэмрэт. Къуиикъуэ Налбий дунейм ехыжа нэужь, и шыпхъу Дарихъан мыр къызжиIэжат. Налбий и къуэш нэхъыщIэ Аслъэнбэч и деж унагъуэр щызэхуэсыжауэ махуэшхуэ гуэр ягъэлъапIэрт. Налбий Iэнэм къыпэрыкIащ, тутын ефэну. И шыпхъур бгъэдыхьэу итххэр къыздрихымкIэ щеупщIым, «СщIэркъым, сытхэну сыщытIыскIэ уафэр зэлъыIукIым хуэдэщ», — жиIащ Налбий. Иджыри зы щапхъэ къэсхьынщ. ТхакIуэ Iэзэ Немченкэ Гарий илъэс 70 зэрырикъур дгъэлъапIэрт. Хъуэхъу жызыIэхэр куэдт. Налбий чэзур къыщылъысым, и псалъэхэм Iэгуауэшхуэ хуаIэтащ. Пшыхьыр и кIэм щынэблагъэм, Гарий къэтэджри, псоми фIыщIэ яхуищIащ. ИтIанэ, Налбий и хъуэхъур псоми къахигъэщу, жиIащ и тхылъыщIэм ар пэублэ хуищIыну зэримурадыр. Къэсхьынщ а псалъэхэр: «Вот я адыг, в 50 лет меня назвали известным поэтом, в 60 лет выдающимся. Скоро мне 70, и я с легкой душой и, без всякого сомнения, жду очередного повышения. Я не возражаю. У нас, адыгов, свои правила мерки. По этим меркам Гарий Леонтьевич должен быть, ну хотя бы чуток, повыше меня»… Ди жагъуэ зэрыхъунщи тхакIуэр илъэс 70 ирикъуным мазитI къудей иIэжу дунейм ехыжащ. Налбий и тхыгъэхэр школхэмрэ еджапIэ нэхъыщхьэхэмрэ щадж, и гъащIэмрэ и гуащIэмрэ теухуа диссертацэхэр ятх, и пьесэхэмкIэ ягъэува спекталхэр театрым щагъэлъагъуэ. ТхакIуэм къыщIэнахэр хуолажьэ фIыуэ илъагъуу щыта лъэпкъым и зыужьыныгъэм. И тхыгъэхэм тхылъеджэхэр фIым, лъагъуныгъэм, гуапагъэм хуагъэуш. Ди лъэпкъэгъухэр къыщыхута хамэ щIыпIэм адыгэу къыщынэныр тыншкъым. Ауэ, захъумэжын зэрыхуейр къагурыIуэу, я лъабжьэр, бзэр, хабзэр нэгъуэщI лъэпкъхэм ейм зэрыхамыгъэшыпсыхьыжыным хущIокъу. Зи хэку имысыжу ар къызэхъулIэхэм пщIэрэ фIыщIэрэ яхуэфащэщ. Къыщалъхуа щIыналъэм щыпсэу адыгэхэми ар тыншу къыдэхъулIэркъым. Уи хэку ущисыжым и деж зыми лъакъуэпэщIэдз къыпхуимыщIыну къыпщохъу. Ауэ дэтхэнэ къуэгъэнапIэми абы ущрихьэлIэнкIэ хъунущ. Аращ Налбий мы псалъэхэр щIитхари: «Адыгэм и щхьэр ихъумэжыным и щIыналъэми щыщIэбэнын хуей мэхъу». Налбий хуэзуса мы усэмкIэ сухынщ си тхыгъэр: От пологого берега сонной реки Оттолкнусь я веслом в непроглядность тумана, Позади каждодневности нашей силки и мирской суеты беспросветной охрана. Тишина. Только частые в днище шлепки Мелководной волны — благолепье, нирвана. Как же эти мгновения в жизни редки, И созвучность с природою как долгожданна! О, божественный дух первозданной природы, Изначально заложенный в буйстве стихий! Ты прости, что живем мы лишь телу в угоду, Погрязая в соблазнах, свершая грехи. Если можешь, верни нам былую свободу Чистых мыслей, которые лягут в стихи… ЧЭМОКЪУЭ Долэтбий, усакIуэ. Гулъытэ хэха хуащI Адыгэ Республикэм 2013 гъэр щагъэуващ тхакIуэ, усакIуэ, драматург, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ Къуиикъуэ Налбий и илъэсу, ар къызэралъхурэ мы гъэм илъэс 75-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ. ТхакIуэм и гъащIэмрэ и гуащIэмрэ теухуа зэхыхьэ зэмылIэужьыгъэхэр школхэм, еджапIэ нэхъыщхьэхэм, музейхэм, щIэныгъэ-егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэм щрагъэкIуэкIащ. А зэхуэсхэр къыщIызэрагъэпэщар тхакIуэм и гуащIэм, абы къыщIэна тхыгъэ купщIафIэхэм цIыху нэхъыбэм гулъытэ хурагъэщIын папщIэщ. Къуиикъуэ Налбий къызэралъхурэ илъэс 75-рэ щрикъум ирихьэлIэу и тхыгъэхэр щызэхуэхьэса тхылъищ дунейм къытехьащ. Апхуэдэ тхылъитI илъэситI и пэкIи къыдагъэкIащ. ТхылъиплIыр адыгэбзэкIэ, апхуэдизыр урысыбзэкIэ къыдагъэкIыну яубзыхуащ. Тхылъхэм ихуа тхыгъэхэр жанркIэ ягуэшащ: прозэр, усэр, драматургиер, сабийхэм папщIэ итхар щхьэхуэщ. Къуиикъуэ Налбий и тхылъхэр къыдэгъэкIыным Адыгэ Республикэм и Правительствэм сом мелуани 6-м щIигъу ахъшэ хухихащ. Иужьрей тхылъитIыр мы илъэсым и кIэхэм къыдагъэкIынущ. АР-м и Iэтащхьэ ТхьэкIушынэ Аслъэнджэрий республикэм и Правительствэм и Унэм иригъэблэгъащ Къуиикъуэ Налбий и щхьэгъусэ Жаннэрэ ипхъу Бэллэрэ. «ТхакIуэм и литературэ щIэинхэр щIэблэм яхуэтхъумэну ди къалэнщ. Къуиикъуэ Налбий адыгэ литературэм хуищIа хэлъхьэны-гъэфIхэр тхъумэнущ, щIэблэм я деж нэтхьэсынущ», — жиIащ ТхьэкIушынэм. Жаннэрэ Бэллэрэ республикэм и Iэтащхьэм фIыщIэ хуащIащ, Налбий и щIэинхэм гулъытэ къызэрыхуищIам, и гъащIэмрэ и гуа-щIэмрэ теухуа фэеплъ пшыхьхэр къызэрызэригъэпэщым папщIэ. — Налбий и хъуэпсапIэт и тхыгъэхэр щызэхуэхьэса тхылъиплI къыдигъэкIыну. Итха псори тхылъхэм зэрыхагъэхьар гуапэщ ди дежкIэ, — жиIащ Жаннэ. Апхуэдэу Къуиикъуэ Жаннэ ТхьэкIушынэ Аслъэнджэрий жриIащ Налбий и тхыгъэхэр щызэхуэхьэса тхылъхэм я гъэлъэгъуэныгъэр Москва щрагъэкIуэкIыну къызэрыхуагъэлъэгъуар. Адыгэ Республикэм и Iэтащхьэм жиIащ щIыналъэм и унафэщIхэр а IуэхумкIи щIэгъэкъуэн хъуну зэрыхьэзырыр. БЖЫХЬЭЛI Розэ. Сосрыкъуэ и мафIэ Адыгэ Республикэм и Лъэпкъ библиотекэм фэеплъ пшыхь щекIуэкIащ. Ар теухуауэ щытащ Къуиикъуэ Налбий къызэралъхурэ илъэс 75-рэ зэрырикъум. Зэхыхьэм кърихьэлIащ Налбий и IэдакъэщIэкIхэр фIыуэ зылъагъухэр, тхакIуэхэр, щIэныгъэлIхэр, сурэтыщIхэр, артистхэр, еджакIуэхэр, тхакIуэм и благъэхэр, Iыхьлыхэр. «И нэху къытхуигъэнащ» зыфIаща литературэ пшы-хьым щагъэлъэгъуащ Налбий и тхылъ пщIы бжыгъэхэр, тхакIуэм и гъащIэмрэ и гуащIэмрэ теухуа фильм гъэщIэгъуэн. Абы къыхэщырт 60 гъэхэм адыгэ литературэм къыхыхьа Къуиикъуэ Налбий зыщымысхьыжу илъэс 40-м щIигъукIэ зэрылэжьар, адыгэбзэкIи урысыбзэкIи тхылъ пщIы бжыгъэхэр къызэрыдигъэкIар, усыгъэми, прозэми, драматургиеми хэлъхьэныгъэфI зэрыхуищIар, щIэблэм тхыгъэ хьэлэмэтхэр къызэрыхуигъэнар. Адыгэ Республикэм щэнхабзэмкIэ и министр Къул Мухьэмэд и псалъэм къыхигъэщащ зэчиишхуэ зыбгъэдэлъа Къуиикъуэ Налбий и тхыгъэ гъэщIэгъуэнхэмкIэ адыгэ лъэпкъыр дуней псом зэрыригъэцIыхуар, тхакIуэ акъылыфIэм къыщIэна и тхыгъэхэм гъэсэныгъэ-ущииныгъэ мыхьэнэшхуэ зэраIэр. АР-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къуэдзэ ЩэуэпцIэкъуэ Iэминат жиIащ Адыгэ Республикэм и Правительствэм 2013 гъэр Къуиикъуэ Налбий и илъэсу зэригъэувар, тхакIуэ цIэрыIуэр къызэралъхурэ илъэс 75-рэ зэрырикъум теухуа зэхыхьэхэр щIыналъэм зэрыщрагъэкIуэкIынур, абы и цIэр гъэлъэпIэным теухуауэ зэфIахыну Iуэхухэми я гугъу ищIащ. Филологие щIэныгъэхэм я доктор, Адыгэ Республикэм и университетым и профессор Пэрэныкъуэ Къутас къыхигъэщащ Налбий и тхыгъэхэр адыгэ лъэпкъым и тхыдэм зэригъуджэр, IуэрыIуатэр зи лъабжьэ и IэдакъэщIэкIхэр IущагъкIэ зэрыгъэнщIар, адыгэ щэнхабзэм зезыгъэужьа тхакIуэр гупсысакIуэ лъэщуи зэрыщытар. — «ЩымыIэжхэм я санэ-бжьэ» зыфIища и романыр Налбий къытхуигъэна тыгъэфIу къызолъытэ. Новеллэ 17 хъу а тхыгъэм лъэпкъым къыдекIуэкI хабзэр, щэнхабзэр, цIыхухэм я щыIэкIэ-псэукIэр къыщыгъэлъэгъуащ. Магическэ реализмэм и щапхъэм тету гъэпса «Мэз закъуэ» повестым лъэпкъым и тхыдэр, и къекIуэкIыкIар къыхощ, — жиIащ Пэрэныкъуэ Къутас. — Къуиикъуэ Налбий и тхыгъэхэр цIыхухэм зэрафIэгъэщIэгъуэным и щыхьэтщ Москва тхакIуэм и фэеплъ пшыхьхэр зэрыщрагъэкIуэкIыр, Тыркум и Истамбыл, Анкара къалэхэм Налбий и творчествэм теухуа зэхыхьэ гукъинэжхэр къызэрыщызэрагъэпэщыр. Къуиикъуэ Налбий и «Си гум щIыгур къыщокIыкI», «Жыг джэрэз», «Гум и лъагъуэхэр» усэ тхылъхэм, нэгъуэщI и тхыгъэхэми тепсэлъыхьащ филологие щIэныгъэхэм я докторхэу ХъуакIуэ ФатIимэ, ХьэщIэмыз Мирэ, филологие щIэныгъэхэм я кандидат Хъуажь Нуриет сымэ. ЩIэныгъэлI Анкудинов Кирилл жиIащ дунейпсо литературэм и щапхъэу къэплъытэ хъуну лэжьыгъэфIхэр Налбий къызэрыщIэнар. Адыгэ драмэ театрым и актрисэ Хьэткъуэ Анетэ къыхигъэщащ Къуиикъуэ Налбий и Iэдакъэ къыщIэкIа тхыгъэхэр бзэ къулейкIэ, гурыIуэгъуафIэкIэ зэрытхар. Налбий и пьесэхэу «Псым ихь Iуащхьэ, «Пщы-уэркъ зауэ», «Ди адэжьхэм я уэрэдхэр», «СыныволъэIу, сыщIэфлъхьэжыну!», «Сосрыкъуэ и мафIэ», «Шужьейрэ емынэжьрэ», нэгъуэщIхэри 80 — 90 гъэхэм адыгэ драмтеатрым зэрыщагъэлъэгъуар, нобэр къыздэсми утыку зэримы-кIар, кинофильмым и сценарий зэритхар, Iуэху дахэ куэд зэрыдищIэгъар, нэгъуэщI-къинэмыщIхэми тепсэлъыхьащ Адыгэ драмтеатрым и художественнэ унафэщI Кукэн Мурат. Махуэшхуэр ягъэдэхащ артисткэ Уджыхъу (Беданэкъуэ) Мариет и гъэсэн ныбжьыщIэхэм ягъэлъэгъуа теплъэгъуэхэм. Мариет зэрыжиIамкIэ, Налбий и «Адыгэбзэм хуэIэзэр» тхылъыр куэдрэ къегъэсэбэп, щIалэгъуалэр адыгэбзэм, хабзэм щыхуигъасэкIэ. Адыгэ Республикэм и сурэтыщI Iэзэхэу Къат Теувэж, Бырсыр Абдулыхь, нэгъуэщIхэми Къуиикъуэ Налбий и сурэтыр ящIащ. Къат Теувэж зэхуэсахэм яжриIэжащ махуэ гуэрым зы сыхьэтым къриубыдэу Налбий и сурэтыр ищIыну къызэрехъулIам теухуа хъыбарыр. Абы къыхигъэщащ щIэин къулей лъэпкъым къыхуэзыгъэна Къуиикъуэ Налбий щыпсэуа унэм фэеплъ музей къыщызэIуахыну зэричэзур. КъуэкIыпIэм щыпсэу лъэпкъхэм гъуазджэхэмкIэ я музей Мейкъуапэ дэтым и унафэщI, архитектор Кушу Нафисэти мы зэхыхьэм хэтащ. Абы къыхигъэщащ и цIыхугъэкIэ, и зэфIэкIкIэ, и акъылыфIагъэкIэ щапхъэу дунейм тета Налбий тхакIуэ КIэрашэ Тембот и саугъэтыр зэрыхуэфащэр. Зи тхыгъэ нэхухэр къытхуэзыгъэна Къуиикъуэ Налбий и гъащIэмрэ и гуащIэмрэ куэдрэ утепсэлъыхьыну къилэжьащ. ТхакIуэм и тхыгъэхэр щIэблэм едгъэджыну, и цIэр ящыдмыгъэгъупщэну ди къалэнщ. МАМЫРЫКЪУЭ Нуриет. Къуиикъуэ Налбий и усэхэр Лъагъуныгъэ ИлыпщIу, пщIыпщIу йожри уафэм, Жэщ кIыфIым вагъуэр щIотIысыкI. Гъуэгу къыщилъыхъуэу, щIым и бгъафэр КъэкIуэну махуэм щIепщытыкI. Иджыри пасэщ, уафэ хьэсэм Жылапхъэу вагъуэхэр тепхъащ. Си гъуэгугъэлъагъуэу нур ягъэсыр Данэпсу пшэхухэм ятепхъуащ. Чэщейщыкъу къабзэу пщэдджыжь бзыгъэр Жэщ щхьэукъуам къыхотэджыкI. Джэду натIэху сабийм иIыгъыу Ар щIылъэ IэплIэм къолыдыкI. Абдежым къохъу хьэлэмэтлажьэ: Дыгъэр щIыгу псоми йобзэрабзэ, Жыг щхьэкIэр жьыбгъэм ежьыр мажьэу, Сэ къызгуроIуэ удзхэм я бзэр. Ди щIылъэм, ещхьу дадэ Iущым, КъытхуеIуэтэжыр тхыдэ пэжыр, Уи Iэр ныдэплъэу уепэщэщым, Игу хэхъуэу зеужь удз къыхэжым. Уэ зыхуэгъэщхъи еплъыт щIылъэм, Плъагъунщ, тэмэмуи зыхэпщIэнщ, Жэщ кIыфIми зыр нэ жану щIэплъэр, Зым щIылъэмыкIыр махуэм плъэн. КъыбгурыIуэнщ уэ, гущIэгъулыуэ ПхуэгуфIэу цIыхухэр щIыблэкIари, Гущэм щхьэщыту нуру блэуэ Уэздыгъэм нэхур щIигъэщари. КъыбгурыIуэнщ уэ, си щIыналъэм ЩIыпэмылъэщыр жьыбгъи гуауи, Ди бийм и Iэщи жагъуэгъу псалъи Игъэлъэлъауэ, Адыгейр ЩIытетыр нобэ щIы хъурейм, Дуней насыпыр хъуау и пщалъэ. КъыбгурыIуэнщ уэ, щIым зэрипIыр Лъэпкъым и быни и лIыхъужьи, И гур хуиIэтмэ пэжым ныпу, Къызэрыщинэр щIым лъэужьи. КъыбгурыIуэнщ уэ, зы ажали, Уэлбани, жьыбгъи пэмылъэщу, ИгъэгуфIэну зи бзэр псалъи, ЩIылъэм удзыщIэ цIыкIу къыхэпщи, Зэрыпсэуфыр цIыху IуэхущIафэр, Хилъхьам гурыщIэ псэм щигъафIэр. Ар плъэзыгъэкIыр лъагъуныгъэрщ, ФIылъагъуныгъэу хуиIэрщ Хэкум. Арщ къезыгъэпсыр нуру дыгъэр, Арщ зыгъэпсынщIэри ди гъуэгур. Сабий къыщалъхукIэ Сабий къыщалъхукIэ, ЖыгыщIэ щIылъэм къыхокI, Сабий къыщалъхукIэ, Зэжагъуэхэм губжьыр щхьэщокI. Сабий къыщалъхукIэ, УэрэдыщIэ ди щыгу къобыбэ, Псы къиуам егъэзэжри, Ар йолъэдэжыр и ныбэ. Сабий къыщалъхукIэ, КъалэщIэ щIыгум къытохьуэ, ПшахъуэщI щIэхъуэпсу, Псым и кIэм нэпкъым зыщехъуэ. Сабий къыщалъхукIэ, Дунейр гуфIэгъуэм зэрехьэ, Пщэдейрей махуэри ЩIыгум сабийуэ къытохьэ. Адэжь щIыналъэ СыщIэгузавэ, си дэрэжэгъуэ, Си адэжь щIыналъэ, Пщыхьэщхьэр къэблэгъам уи губгъуэм Къыщхьэщогъуалъхьэ пшэплъыр. Дыгъэ тIысыжым и бзийхэм ЩIохъукIыр ныбжьхэри нэхъ кIыхь, Вындхэр къухьэпIэм къыщокIийхэр, Махуэ ужьыхри здахь. ПхосыкIыр пшэ чэтхъахуэм мазэр, КIэщIэкIуэсыкIыу уафэ нэзым, Щхьэгъубжэ зэIухам и лъабжьэм ЩIэджэгухьри, щIэпхъуэжащ акъужьыр. Зыкъагъэзэнурэ псы ныбэу пшэхэм, КъыщIидзэнущ мыгувэу уэшхым. КIыхьу щытынущ ныжэбэ жэщыр, Пшэхэр хъыринэ уафэм щещIэнущ. Жыгхэм я тхьэмпэ Iувхэр Iущащэу, Губгъуэм шхыIэну къытралъхьэнущ. Гущэкъу уэрэдкIэ къыпхуэшэрашэу, Уигъэщхьэукъуэм псы нэшэкъашэм, Гъатхэр къэсыхукIэ, хуэсакъыу уи жейм, Уигъэлъагъунукъым пщIыхь нэщхъей. Щоужьыхыжыр щIыгум зэдауэр, Бзухэр лъэтэжкъым, ягъэшынауэ. Уи къэушыгъуэр къахуэмыгъэсу, Щыму къыппоплъэ къурш тхъуахэр, мэзыр. Зиукъэбзыжауэ къоплъыхыр мазэр. ПIырыпIыжауэ вагъуэ дыжьынхэр Гущэкъу уэрэдым къыдежьуунущ. Тыншу жей, ухэмыщтыкIыу жей, ЗэкIэ жей, жэщыбг фIэкIа къудейщ. УжеихукIэ сIуэтэжынущ уи хъыбар: Уэ къысхуэпхьыжахэр дэрэжэгъуэу, ПщIантIэм къысхудэпхьэжар гуфIэгъуэу. — А псори сIуэтэжынущ, зызгъэщIагъуэу. IэфIу жей, нэхущым и пшэкIэплъыр Къыпхуихьыжынущ уэ иджыри дыгъэм. Уи мэкъупIэм дыгъэ бзийр къыхэплъэм, Удзхэр зэмыфэгъуу зэщIэгъагъэу. Уэгунэбзур, зыкIэрищIауэ уафэм, Къыпхуеуэнущ фIыуэ плъагъу пшыналъэм. СакъуэгушхукIыу хьэсэшхуэхэу уфафэм, КъыщыскIухьынущ си адэжь щIыналъэм. СрикIуэнущ схухиша си лъагъуэм, А лъагъуэм сришэнущ адэжь губгъуэм. Уи гъусэнущ сыпсэухукIэ си псэр Уи жыг хадэу, уи бзууэ, къуршыпсу. ЩызгъэIунущ дэнэкIи пшыналъэу И уэрэдыр си адэжь щIыналъэм.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30347.txt" }
Спорт хъыбархэр Шахматхэр Къармэ Мажмудин япиплIым хохьэ КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр мэкъумэш университетым и къудамэу Тэрч куейм щыIэм щекIуэкIащ бэнэкIэ хуитымкIэ зэпеуэ. Абы кърихьэлIащ Ставрополь краймрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ я спортсмени 179-рэ, илъэси 7 — 17 ныбжьым хиубыдэу. МахуитIкIэ екIуэкIа зэпеуэм Прохладнэ муниципальнэ щIыналъэм и «Колос» сабий-ныбжьыщIэ спорт школым и бэнакIуэу 9-м бжьыпэр щаубыдащ, 14-м етIуанэ, аргуэру 14-м ещанэ увыпIэхэр къахьащ. Зэхьэзэхуэм щытекIуахэм ящыщщ ЦIагъуэ Хьэмидбий и гъэсэнхэу Еланский Леонард, ШанкIэ Аслъэнбэч, Вэрокъуэ Аслъэн, Къумахуэ Арсен, Курдыгъу Азэмэт, Мысрокъуэ Къантемыр, ПщыукI Темырлан сымэ, IутI Аслъэн и гъэсэнхэу Тхьэлыджокъуэ Ясинрэ Тхьэмокъуэ Хъусенрэ. Уардэ Женя. Параплан Шэджэм аузым зыщагъасэ КъБР-м Авиацэ псынщIэмкIэ и федерацэм и парадромыр гъэлъэтэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм хуэщIа республикэм и утыку закъуэщ. Абы щрагъэкIуэкI зэхьэзэхуэхэр аэронавтикэмкIэ дунейпсо ассоциацэм и планым хагъэхьэ икIи дунейпсо мыхьэнэ егъуэт. Шэджэм аузым щызэхашэ парапланеристхэм я фестивалхэм, зэхуэсхэм, нэгъуэщI спорт зэхьэзэхуэхэм, щIыуэпс телъыджэм дихьэх Урысейм и къалэхэм, нэгъуэщI къэралхэм я цIыху минхэр илъэс къэс зэхуашэс. Инструктор-IэщIагъэлI Шпак Александррэ Рудницкая Аннэрэ парапланеристхэр ягъасэ. «Лъэхъэнэ къэс цIыхуи 5-6 зыхэт гупым дадолажьэ. ЩIалэгъуалэр параплан спортым къыхыдошэ. Лъэтэн и пэ къихуэу, инструкторхэм Iэмал имыIэу дунейм и щытыкIэр къалъытэри парапланкIэ зызыIэтынухэм чэнджэщхэр ират. Гукъыдэж зиIэ балигъ дэтхэнэми, спорт зыгъэсэныгъэ куу имыIэми, парапланкIэ лъэтэну Iэмал иIэщ, — къыджиIащ Федерацэм и президент Мушкаев Марат. ПарапланкIэ лъэтэным и лъэхъэнэр накъыгъэм и 1-м къызэIуахри, жэпуэгъуэм и кIэ хъуху йокIуэкI. бгылъэ щIыпIэм къыщылъэтыхьынымкIэ мэкъуауэгъуэ, бадзэуэгъуэ, шыщхьэIу мазэхэр нэхъыфIщ икIи парапланым метр 1000-кIэ зеIэтыф. Спорт зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэхэр щрагъэкIуэкI накъыгъэ, фокIадэ, жэпуэгъуэ мазэхэм. Шэджэм Синэмис. БэнэкIэ хуит Прохладнэдэсхэр ятокIуэ Дон Iус Ростов къалэм щекIуэкIащ СССР-м щIыхь зиIэ и тренер Бондаревский Игорь шахмат псынщIэмкIэ и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэхэу мызэ-мытIэу республикэм и чемпион хъуа Къармэ Мажмудинрэ Ким Павелрэ. Псори зэхэту зэпеуэм кърихьэлIащ шахматисти 129-рэ. Абыхэм ящыщу 15-р дунейпсо гроссмейстерхэщ, 30-м щIигъур спортым и мастерхэщ. Апхуэдэу щыт пэтми, Къармэ Мажмудин ехъулIэныгъэ хъарзынэ зыIэригъэхьащ. Очко 11-м щыщу 7-р къихьри, 2 — 4-нэ увыпIэхэр ядигуэшащ дунейпсо мастерхэу Захаров Александррэ (Урысей) Игнатов Викторрэ (Украинэ). Ахэр зыхэта ветеранхэм я зэхьэзэхуэм Украинэм щыщ дунейпсо гроссмейстер Кузьмин Геннадий бжьыпэр щиубыдащ. Ким Павел текIуахэмрэ саугъэт зыхуагъэфэщахэмрэ яхэхуакъым, ауэ и рейтингым пункт 25-кIэ хигъэхъуащ. Гъэунэ Светланэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30352.txt" }
Зэныбжьэгъухэм я къалэ Гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэр сабийхэм я дежкIэ зэман телъыджэщ. Налшык къалэ администрацэм Лэжьыгъэмрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ и IуэхущIапIэр, Къалэдэсхэм социальнэ Iуэхутхьэбзэхэр щыхуащIэ центрыр, «Гугъэм и унэ» зэгухьэныгъэр зэгъусэу «Восход» лагерым сабийхэм я зыгъэпсэхугъуэ зы махуэ къызэрагъэпэщащ. Абы къекIуэлIащ илъэси 5 — 15 ныбжьым ит сабий 40. ЦIыкIухэм гуфIэгъуэ куэд къапэплъэрт. Лагерым абыхэм къащыIущIащ пщэдджыжь зарядкэ езыгъэкIуэкI волонтёрхэр. ИужькIэ абыхэм къапэплъэрт сабийхэм я нэгу зэрызрагъэужь парашютхэмрэ топхэмрэ, IэфIыкIэхэр зытелъ Iэнэр, гуащэ хьэпшыпхэр щIыныр, нэгъуэщIхэри. ЦIыху хьэл-щэнхэм щыщу фIым хущIэкъуныр, жэуаплыныгъэр, гуапагъэр зищIысым теухуауэ психологыр ныбжьыщIэхэм епсэлъащ. Иужьым ахэр хэтащ тхъурымбэ къэгъэпщынымкIэ зэрызытрагъэу джэгум, къафэм. — Сабийхэр щызэхуэтшэсын хэщIапIэ къызэрыдитам папщIэ — «Восход» лагерым и унафэщI Къумыкъу Анзор, «НПИИ»-м и тхьэмадэ Юсупов Хьэсэнрэ Къалэдэсхэм социальнэ Iуэхутхьэбзэхэр щыхуащIэ центрым и унафэщI Бейтыгъуэн Зауррэ — сабийхэр къызэретшэкIын транспорт къызэрыдатам щхьэкIэ, «PEPSI» кампаниемрэ ди спонсорхэмрэ зэхьэзэхуэр къызэдгъэпэщыну Iэмал къызэрыдатам щхьэкIэ фIыщIэ ин яхудощI. А махуэм къигъэлъэгъуащ зы ныбжьым ит сабийхэр зэгурыIуэу бгъэсэным мыпхуэдэ зэхыхьэм мыхьэнэшхуэ зэриIэр. Дэ къетхьэжьа Iуэхум «Зэныбжьэгъухэм я къалэ» фIэтщащ. Нобэ абы дэтхэнэми ныбжьэгъущIэ къыщигъуэтащ, и гур утIыпщауэ гупым хэтащ. Дыхуейщ зэхьэзэхуэр дяпэкIэ нэхъ щIэх-щIэхыурэ едгъэкIуэкIыну, — жиIащ БалигъыпIэ имыувахэм ядэлэжьэнымкIэ, пIынымрэ зыхуей хуэгъэзэнымкIэ къудамэм и унафэщI Бэдракъ Iэминэ. Гугъуэт Заремэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30356.txt" }
НэщI исхэм папщIэ Гугъуехьхэм хэхуа цIыхухэр гъащIэм щыхагъэзэгъэжу Куба дэт центрым къудамэщIэ къыщызэIуахащ. Абы пIалъэкIэ щопсэу зи ныбжь хэкIуэта къуажэдэсхэмрэ ныкъуэдыкъуэхэмрэ. Псори Бахъсэн районым щыщщ. Ар къызэIуахынымкIэ щIэгъэкъуэн хъуащ республикэм Лэжьыгъэмрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэр. Мы зэманым къудамэм зыщагъэпсэху, я узыншагъэр щрагъэфIакIуэ зи ныбжь хэкIуэтахэу, ныкъуэдыкъуэхэу цIыху 12-м. IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ Шыкуэ Мадинэ къызэрыджиIамкIэ, мыбы зэрыщыIэм зыми уасэ щIитыркъым. Жьы хъуахэмрэ ныкъуэдыкъуэхэмрэ зыхуеину Iуэхутхьэбзэ псори хуащIэ, тхуэ ягъашхэ. Къудамэм и унафэщI Дал Светланэ и псалъэхэм ятепщIыхьмэ, лэжьыгъэм ирашэлIащ дохутыри психологи яхэту IэщIагъэлI гуп. Ахэр пIалъэкIэ мы унэм щыпсэунухэм сакъыу якIэлъоплъ. Пэшхэр къабзэщ, екIущ, цIыхухэр хуащIэ IуэхутхьэбзэхэмкIэ арэзыщ. Куба къыщызэIуаха центрым я узыншагъэр щрагъэфIэкIуэж хъунущ унагъуэхэм яхэсхэу зи ныбжь хэкIуэтахэми. Ахэри къыхэзыхыр къуажэ социальнэ лэжьакIуэхэрщ. Жьы хъуахэмрэ ныкъуэдыкъуэхэмрэ псом хуэмыдэу сэбэп яхуохъу массажыр. Псалъэм и хьэтыркIэ, Къанкъул КIукIуэ нэхъапэм езым и закъуэ къикIухьыфыртэкъым, иджы баш иIыгъыу зокIуэ. Массаж нэужьым Къуэдз Маржинэт фIыуэ зыкъиужьыжащ. Къыхэзгъэщыну сыхуейщ мыбы зи узыншагъэр щезыгъэфIакIуэхэм хуабжьу гулъытэшхуэ зэрыщыхуащIыр. Уеблэмэ нэщI исхэм папщIэ щэращ ягъэхьэзыр. IуэхущIапIэм къызэрыщыджаIамкIэ, зэман гъунэгъу дыдэм зызыгъэпсэхухэр республикэм и щIыпIэ нэхъ дахэхэм зыплъыхьакIуэ яшэнущ. Хьэмыкъуэ Светланэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30359.txt" }
Жыджэру ирагъэкIуэкI Шэрэдж муниципальнэ районым и школхэр гъэ еджэгъуэщIэм хуагъэхьэзыр. Зэрэгъыж къуажэм и курыт еджапIэм и класс пэшхэр, кIэлындорхэр жыджэру зыхуей хуагъазэ. Школым и унафэщI АфIэунэ Аринэ къызэрыджиIамкIэ, егъэджакIуэхэм, адэ-анэхэм, класс нэхъыжьхэм щIэсхэм ремонт лэжьыгъэр зэуIуу ирагъэкIуэкI. ЕгъэджакIуэхэу Хьэвэящхьэ Лилэ, ШэрыIужь Iэсият, Алыхьберды Светланэ, завуч Пщыбий Равидэ сымэ я пэшхэр къызэхуэтыншэу зэрагъэпэщыжащ. Къатищми я кIэлындорхэм сэху иратащ, бжэхэр, щхьэгъубжэблыпкъхэр ялащ. А Iуэхум къыхэжаныкIащ Сэбанхэ Аминат, Барэсбий, Акъсырэ Людэ, УнэлIокъуэ Ларисэ, Къуэшырокъуэ Залинэ, ШащIэ Марианнэ, ГъукIэ Альбинэ, ШэрыIужь Залым сымэ. Жэщ хъумакIуэ Сокъур Хъусен еджапIэ пщIантIэм удзыр щыпиупщIащ. — «Егъэджэныгъэ Iуэхур зэуIуу зэрырагъэфIэкIуэнум и проект» программэм тету, школым и псы щIэжыпIэхэмрэ и щIыунэхэмрэ зэгъэпэщыжыным сом мини 140-рэ хухахащ. А лэжьыгъэхэр йокIуэкI, гъэ еджэгъуэщIэм ирихьэлIэу яухынущ», — къыджиIащ АфIэунэ Аринэ. Кужоновэ Эльмирэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30362.txt" }
Зыхуей хуагъазэ Шэджэм мэз хозяйствэм и лэжьакIуэхэм нэгъабэ зэфIагъэкIахэр къапщытэжащ. КъызэрагъэлъэгъуамкIэ, зэраубзыхуам тету, мэзхэр хъумэным, зегъэужьыным, зэгъэзэхуауэ къэгъэсэбэпыным теухуа Iуэхугъуэхэр гектар миным щIигъум щызэфIагъэкIащ, щIым и щытыкIэр къапщытащ. ЗэфIэзэгъэувэж лэжьыгъэхэр зэпымыууэ ирагъэкIуэкI, мэз къэкIыгъэхэм къыхагъахъуэ, пхъэ щыхахыну щIыпIэхэр ягъэбелджылы. МафIэс къэхъу хъужыкъуэмэ, псынщIэу зэрынэсыну гъуэгуу километриплI яухуащ, километритI зэрагъэпэщыжащ, я нэIэ тету гектар 46-м удз итырыгъухэр щагъэсащ. Шэджэм мэз хозяйствэм и инженер Наршаов Муслъим зэрыжиIамкIэ, псы итыпIитI, зыгъэпсэхупIэ щIыпIэу апхуэдиз зыхуей хуагъэзащ, цIыхухэм гу зылъатапхъэхэр IупщIу зытетха пкъо пщыкIуз ягъэуващ. Мэз хозяйствэм и IэщIагъэлIхэр щIэх-щIэхыурэ цIыхухэм яхуозэ, районым и къуажэ администрацэхэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэ МВД-м, МЧС-м хъарзынэу ядолажьэ, мафIэсым зэрыхуэсакъыпхъэм теухуа тхыгъэхэр газетым къытрагъадзэ, зэбграгъэх. КIарэ Элинэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30364.txt" }
Къэббалъкъгипсыр гъуэгу тоувэ Кавказ Ищхъэрэм и инвестицэ проект нэхъ ин дыдэхэм ящыщу CIPSELL сату маркэ (дамыгъэ) зиIэ псэуалъапхъэхэр къыщIэзыгъэкIыну «Къэббалъкъгипс» ООО заводыр дызыхуэкIуэ мазэм ирагъэжьэнущ. Компанием и мурадщ игъэхьэзыр продукцэ лIэужьыгъуэхэм хигъэхъуэну. Абы папщIэ зэкIэрызышхэ гипсхэм щелэжь, гипс плитэхэр, панелхэр щагъэж заводищрэ щахьэж карьеррэ яухуащ. Къэрал щIыб экономикэ банкым а Iуэхум сом меларди 5-м нэблагъэ хилъхьащ. Проектым зэрыщыубзыхуам тету, нэхъапэми хуэдэу, зэрызэпрахукI плитэхэр ягъэхьэзырынущ, иджы абыхэм я Iувагъыр миллиметри 100-м хуагъэкIуэнущ. Апхуэдэу предприятэм и мурадщ IэкIи техникэкIи къагъэсэбэп гипс зэхэлъхэр, гипс панелхэр, пкъыгъуэхэр щызэпкъралъхьэкIэ зыхуей гипс клейхэр, блынхэм, лъэгухэм ирахьэлIэ гипс гъущэхэр, нэгъуэщIхэри къыщIигъэкIыну. Дуней псом къыщыпэхъун щымыIэ технологие къагъэсэбэпынущ. «Къэббалъкъгипс» ООО-р гипс мывэ къыщIэхыпIэ зиIэжу Урысейм ит предприятэ зыбжанэм ящыщщ. Абы и хэщIапIэр Тырныауз къалэм километр 25-рэ нэхъ пэмыжыжьэу Бейдыдж къуажэм хуозэ. Мы зэкIэ къызэрахутамкIэ, и гъэтIылъыгъэхэр тонн мелуан 25-рэ мэхъу. IэщIагъэлIхэм къызэрабжамкIэ, IэнатIэщIэхэр я лъэщагъ псомкIи ирагъажьэмэ, илъэсым гипсу тонн мин 500-м нэс къахущIэгъэкIынущ. «Гипсель»-м техникэ IуэхухэмкIэ и унафэщI Тохаев Хьисэ къызэрыджиIамкIэ, а гъэтIылъыгъэхэр илъэс гъунэгъухэм яхурикъунущ, къыщIэхыпIэм адэкIи зрагъэубгъунущ. ЗэкIэрызышхэ гипс зэхэлъым хуэдэу жэщ-махуэм тонн 200 фIэкIа къыщIамыгъэкIыу щытамэ, дяпэкIэ ар миным нагъэсынущ. Гипс панелхэр щагъэхьэзыр цехым метр зэбгъузэнатIэ мелуани 3 илъэсым щагъэжынущ. ЦIыху 400-м нэблагъэ къащтэну траухуащ, мыгувэу ахэр лэжьыгъэм хуэгъэхьэзырын щIадзэнущ. Предприятэм и унафэщIхэм къызэралъытэмкIэ, дяпэкIэ нэхъыбэ кърашэлIэну къапэщытщ. ФIагъым щыкIэлъыплъын, гъэунэхуныгъэхэр щрагъэкIуэкIын папщIэ, иджырей IэмэпсымэхэмкIэ гъэпса щIэныгъэ-къэхутакIуэ лабораторэ къызэрагъэпэщыну, еджапIэ центр къызэIуахыну я мурадщ. Къэрал экономикэ банкым и лIыкIуэхэр 2010 гъэм предприятэм къэкIуауэ щытащ, иджы мы махуэхэм «Гипсель» заводым и цех псоми я щытыкIэм, ахэр лэжьыгъэм зэрыхуэхьэзырым зыхагъэгъуэзащ. Банкым щIыуэпсхэмрэ ухуэныгъэмкIэ и дирекцэм и унафэщI Валитов Ильгиз къигъэлъэгъуащ зи къыщIэхыпIэ зиIэжу нэгъуэщI къэралхэм я маркэхэм (дамыгъэхэм) япэхъун продукцэ зыгъэхьэзырыж IэнатIэ куэд нобэкIэ Урысейм зэрыщымыIэр. — «Адрейхэм ехьэехуэ, псом япэу, щIэупщIэ зиIэну продукцэ вгъэхьэзырыну дыщогугъ», — къыхигъэщащ абы. Урысейм и компаниеу 10-м нэблагъэм «Къэббалъкъгипс» ООО-м зэгурыIуэныгъэхэр дращIылIащ. Абыхэм гипс плитэхэр ящэхунущ. Предприятэм и унафэщIхэм къызэралъытэмкIэ, къэралым гипсым щелэжь и IэнатIэ нэхъыфIу 10-м яхыхьэнымкIэ я заводым Iэмал псори иIэщ. Тарим Алисэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30368.txt" }
Фисининым и фIыщIэ тхылъ Урысейм Мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ и академием и президиумым Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен фIыщIэ къыхуищIащ «Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм агропромышленнэ комплексым зэпIэзэрыту зыщегъэужьыныр щIэныгъэр и лъабжьэу къызэгъэпэщын» урысейпсо щIэныгъэ-практикэ конференцыр егъэкIуэкIынымкIэ щIэгъэкъуэн зэрыхъуам папщIэ. Урысей Федерацэм и щIыналъэ 20-м щIигъум, апхуэдэу нэгъуэщI къэралхэм я щIэныгъэ зэгухьэныгъэм я конференцым хэтахэм зэIущIэм щыжыпIамрэ республикэм и агропромышленнэ комплексым, щIэныгъэ IуэхущIапIэхэм уазэрыдэIэпыкъумрэ гушхуэныгъэ къахилъхьащ. Мэкъумэш хозяйствэм, ерыскъыхэкIхэм елэжь IэнатIэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым жыджэру зэрызыщаужьым, гъавэ щIэным, IэщхэкIхэр къэлэжьыным пыщIа инновацэ технологиехэм фызэрыхуэкIуэм, мэкъумэшхэкIыу къефхьэлIэм зэрыхэхъуэм, ардыдэмкIи фи щIыналъэмрэ урысей рынокымрэ ерыскъыпхъэхэмкIэ къызэрызэвгъэпэщым дыщыгъуазэщ. Уэри, хьэщIэхуэфI Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэми узыншагъэ быдэ, мамыр псэукIэ фиIэну, ди Хэкум и зыужьыныгъэм илъэс куэдкIэ ухуэлэжьэну ди гуапэщ», — щыжеIэ Урысейм и Мэкъумэш академием и президентым и къалэнхэр зыгъэзащIэ, академик Фисинин Владимир и тхыгъэм. Фигу къэдгъэкIыжынщи, УФ-м и Мэкъумэш академиемрэ КъБР-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэмрэ къызэрагъэпэща а Iуэхугъуэр бадзэуэгъуэм и 16 — 18-хэм Налшык къалэм щекIуэкIащ. Урысейпсо щIэныгъэ-практикэ конференцым и лэжьыгъэр зыублауэ щытар республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсенщ. ЗэIущIэм хэтахэр IуэхущIапIэхэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым мэкъумэш хозяйствэмкIэ и щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и щIэныгъэ-производственнэ къудамэхэм кIуащ, апхуэдэу секцэкIэ зэщхьэщыхауэ IэнатIэхэм зегъэужьынымкIэ щыIэ хэкIыпIэхэр унэтIыныгъитхукIэ зэпкърахащ. КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30372.txt" }
ГуфIэгъуэ махуэ хъун щхьэкIэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и хэщIапIэм шыщхьэуIум и 1-м щекIуэкIащ хэкум къэзыгъэзэжахэм я махуэм теухуа зэIущIэ. Абы кърихьэлIат Сирием, Иорданием, Тыркум къикIыжу зи адэжь щIыналъэр псэупIэ зыхуэхъужахэр, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм, «Хэку» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и къудамэм, Адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я ЗэзыгъэуIу советым я лIыкIуэхэр. Къызэхуэсахэр тепсэлъыхьащ зи хэку къэзыгъэзэжахэм ятеухуауэ ди лъэпкъыр зытегузэвыхь, зэфIэхын хуей Iуэхухэм, абыхэм псори зэкъуэту делэжьын зэрыхуейм. Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хэутий зэIущIэр къыщызэIуихым къызэхуэсахэм ягу къигъэкIыжащ шыщхьэуIум и 1-р Хэкум къэзыгъэзэжахэм я махуэу ялъытэныр Косовэ щIыналъэм бэлыхь щыхэхуа адыгэхэр 1998 гъэм АР-м къыщашэжам къызэрыдежьар икIи къыхигъэщащ Адыгейм и япэ президент Джарым Аслъэнрэ ди лъэпкъэгъу щэджащэ Къалмыкъ Юрэрэ фIыщIэрэ щытхъурэ абыкIэ зэрахуэфащэр. ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ ГубэщIыкI Владимир, Джэрыджэ Хьэсэн, хамэ щIыпIэхэм къиIэпхъукIыжахэу Къумыкъу Мамдухь, Абеикъуэ Шухьэиб, IутIыж Мэжид, Бабыгу Эргун, Пэунэж Яшар, нэгъуэщIхэри. Ахэр нэхъыбэу къытеувыIащ иужьрей зэманым адыгэхэр зыгъэпIейтей, Сирием къыщыхъуа зауэм гузэвэгъуэм хидза ди лъэпкъэгъухэм я Iуэху зытетым. Дэтхэнэми жэрдэм къыхилъхьащ ди къуэш-шыпхъухэм защIэгъэкъуэным хуэунэтIауэ лэжьыпхъэхэм ятеухуауэ икIи жаIащ, а Iуэхухэр дызэрыхуейм хуэдэу псынщIэ дыдэу мыкIуатэми, КъБР-м лэжьыгъэфI зэрыщекIуэкIыр. ЗэIущIэм хэтахэр зэакъылэгъу хъуащ шыщхьэуIум и 1-р гуфIэгъуэ махуэу ялъытэн щхьэкIэ зи хэку къэзыгъэзэжыну зи нэ къикI дэтхэнэми а мурадыр къехъулIэн зэрыхуеймкIэ икIи абы зи гуащIэ хэзылъхьэфыну псори къыхураджащ ерыщу а Iуэхум яужь итыну. ЩОДЖЭН Iэминат.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30375.txt" }
НэщIикIыжым махуиплIкIэ загъэпсэхунущ Адыгей. Республикэм и Iэтащхьэ ТхьэкIушынэ Аслъэнджэрий и унафэкIэ НэщIикIыж хьидыр — шыщхьэуIум и 8-р — мылэжьэгъуэ махуэу ягъэуващ. Абы къыкIэлъыкIуэ мэремри къыщIагъуащ. Муслъымэнхэм я махуэ лъапIэ нэхъыщхьэхэм ящыщ НэщIикIыж хьидыр мы гъэм шыщхьэуIум и 8-м ягъэлъэпIэнущ. Ар махуэку махуэм зэрытехуэм къыхэкIыу, Адыгейм и Iэтащхьэхэм унафэ ящIащ нобэрей щэбэт зыгъэпсэхугъуэ махуэр мэремым, шыщхьэуIум и 9-м, ягъэIэпхъуэну. Абы ипкъ иткIэ, Адыгейм щыпсэухэм тхьэмахуэ зэхуаку дызыхуэкIуэм махуиплIкIэ — шыщхьэуIум и 8 — 11-хэм — загъэпсэхунущ. Универсиадэм хэтахэм яIуощIэ Къэрэшей-Шэрджэс. Темрезов Рашид Къэзан щекIуэкIа Универсиадэм республикэм щыщу хэтахэм, ехъулIэныгъэхэр зыIэрызыгъэхьахэм яIущIащ. Республикэм и Iэтащхьэр абыхэм ящыщ дэтхэнэми ехъуэхъуащ икIи чемпионхэмрэ тренерхэмрэ ахъшэ саугъэтхэр яритащ. «Фэ иджырей щIалэгъуалэм я дежкIэ щапхъэфI фыхъуащ. Ахэр къывдэплъейурэ спорт- залыр къыхах. ФIыщIэ яхузощI апхуэдэ лъагапIэхэр зыIэрывгъэхьэн папщIэ я къару емыблэжу къывдэлажьэ фи тренерхэм», — жиIащ Темрезовым. Уэрдокъуэ Женя.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30378.txt" }
Мы махуэхэм ШыщхьэуIум и 3, щэбэт 1783 гъэм Куржым (Грузием) и къухьэпIэ лъэныкъуэр Урысейм хыхьащ. 1942 гъэм ЗыхъумэжыныгъэмкIэ Налшык комитетым зыхъумэжыныгъэмкIэ гупхэр къызэгъэпэщыным теухуа унафэ къищтащ. 1952 гъэм Хельсинки щызэхуащIыжащ ХV Олимп Джэгухэр. Абы япэ дыдэу СССР-м и спортсменхэр хэтащ. 1994 гъэм Налшык къыщызэIуахащ Бгырысхэм я дунейпсо конгресс. Солженицын Александр (1918 — 2008) и фэеплъ махуэщ. Ираным и президентыщIэ Роухани Хьэсэн и къулыкъум пэроувэ. УсакIуэ КIэмыргуей Анатолэ къызэралъхурэ илъэс 74-рэ ирокъу. Публицист, тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Мэшыкъуэ Тэзэл и ныбжьыр илъэс 71-рэ ирокъу. Медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик Джаурджий Оксанэ къыщалъхуа махуэщ. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 24 — 26-рэ, жэщым градус 17 — 20 щыхъунущ. ШыщхьэуIум и 4, тхьэмахуэ ГъущI гъуэгум и лэжьакIуэм и махуэщ 1978 гъэм япэу къыдэкIащ СССР-м и Тхылъ плъыжьыр. КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Шыкъ Михаил къызэралъхурэ илъэс 99-рэ ирокъу. Биологие щIэныгъэхэм я доктор, АКъУ-м и профессор IэкIатэ Валерэ и ныбжьыр илъэс 54-рэ ирокъу. США-м и президент, Нобель мамырыгъэмкIэ и саугъэтым и лауреат Обамэ Барак и ныбжьыр илъэс 52-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 17 — 18, жэщым градус 15 — 17 щыхъунущ. ШыщхьэуIум и 5, блыщхьэ 1943 гъэм советыдзэхэм хуит къащIыжащ Орел, Белгород къалэхэр. УФ-м и Президентым 2007 гъэм мэлыжьыхьым и 27-м къыдигъэкIа унафэм ипкъ иткIэ, абыхэм «Зауэ щIыхьым и къалэ» фIащащ. 1963 гъэм СССР-м, США-м, Великобританием я лIыкIуэхэм Москва Iэ щытрадзащ Ядернэ Iэщэр хьэуам, хьэршым, псы щIагъым щыгъэунэхуныр мыдэным теухуа зэгурыIуэныгъэм. Урыс сурэтыщI-живописец цIэрыIуэ Репин Иван къызэралъхурэ илъэси 169-рэ ирокъу. Мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъМА-м и профессор Хъаний Мирон и ныбжьыр илъэс 79-рэ ирокъу. КъэфакIуэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артист, КъБР-м и цIыхубэ артист, КъБР-м и цIыхубэ артист Алэкъей Мухьэмэд и ныбжьыр илъэс 74-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 20 — 25-рэ, жэщым градус 15 — 20 щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30380.txt" }
Къанокъуэ Арсен КъБР-м и блогерхэм яIуощIэ Iуэхур щекIуэкIар КъБР-м и Iэтащхьэм и хэщIапIэрщ. ЗэIущIэм щIидзэн и пэкIэ Къанокъуэ Арсен хьэщIэхэм яжриIащ къехьэкI-нехьэкI хэмылъу зэпсэлъэныр зэригуапэр. «Фэ фыцIыхубэ журналистхэщ, апхуэдэу щыщыткIэ фыкъэзэупщI ди цIыхухэр зыгъэпIейтей IуэхухэмкIэ», — жиIащ КъБР-м и Iэтащхьэм. ИужькIэ блогерхэм ящыщ Мокроусов Андрей жиIащ мы зэIущIэм хуэдэу нахуэу щызэпсэлъа нэхъапэм зэи зэрыхэмытар. «Iэтащхьэм къулыкъущIэхэм зэрахабзэм хуэдэу, упщIэ «гугъухэм» къапикIухьакъым. Уеблэмэ езы Къанокъуэм ахэр къиIэтырт икIи дэ Iуэхум дызэреплъым щIэупщIэрт. ЗэIущIэр сыхьэтищкIэ екIуэкIащ. Лъы тыным и IэнатIэм зегъэужьыным, щIыуэпсыр хъумэным, еджапIэ нэхъыщхьэхэм я лэжьыгъэр ирагъэфIэкIуэным, къалэм и архитектурэ теплъэр зыуэ щытыным егъэщIылIа Iуэхухэм жыджэру зэрытепсэлъыхьам къигъэлъэгъуащ республикэм блогер зэщIэхъееныгъэм дяпэкIи зэрызыщиубгъунур. Къанокъуэ Арсен ЦIыхубэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ министерствэм хуигъэлъэгъуащ республикэм и блогерхэм зэрадэлэжьэну щIыкIэм егупсысыну. «Мы лэжьыгъэр яфIэгъэщIэгъуэнмэ, абы блогерхэм защIигъэкъуэн хуейщ. Псалъэм и хьэтыркIэ, республикэм и цIыху цIэрыIуэхэм интервью къыIах хъунущ. Республикэм и псэуныгъэ-экономикэ зыужьыныгъэм тетхыхь блогерхэм яIэрыхьэн хуейщ ахэр зыщIэупщIэ хъыбархэр», — къыхигъэбелджылыкIащ Iэтащхьэм. КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30382.txt" }
Зэгъэзахуэ щымыIэмэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен Правительствэм и финанс-экономикэ IэнатIэм и унафэщIхэм ядригъэкIуэкIа зэIущIэм щыжиIащ мы гъэм республикэм иIэ ахъшэр хуабжьу зэгъэзэхуэн зэрыхуейр. ЗэIущIэм щыхэплъащ КъБР-м и республикэ бюджетыр мы гъэм и япэ илъэс ныкъуэм гъэзэщIа зэрыхъуам. Япэ илъэс ныкъуэм республикэ бюджетым и хэхъуэр сом мелард 12-рэ мелуан 674,8-рэ е илъэс къалэнхэм я процент 48,1-рэ хъуащ. Зэрыхэхъуэ псынщIагъэр нэгъабэ и апхуэдэ зэманым елъытауэ проценти 108,6-рэ мэхъу. Налог, налогыу щымыт хэхъуэхэр апхуэдэ зэманым елъытауэ сом мелуани 114,5-кIэ дэкIуеящ икIи сом меларди 3-рэ мелуан 876,9-рэ (къалэным и процент 29,8-рэ) хъуащ. Иратыжын хуэмейуэ къыIэрыхьащ сом меларди 8-рэ мелуан 797,9-рэ (къалэным зэрыхъур сом мелард 13-рэ мелуан 325,2-рэщ). НэгъуэщIу жыпIэмэ, ар процент 66-кIэ ягъэзэщIащ. Республикэ бюджетым и хэщIхэр сом меларди 10-рэ мелуан 521,4-м е илъэсым къалэну ягъэувахэм я процент 35,5-м нэсащ. Социальнэ-щэнхабзэ Iуэхухэм хуаутIыпщащ сом меларди 8-рэ мелуан 22,2-рэ е илъэс къалэным и процент 43,1-р. Мы илъэсым бюджет инвестицэхэм я хьэкъкIэ капитальнэ хэлъхьэныгъэхэр сом меларди 3-рэ мелуан 569,1-рэ хъуну ягъэуващ. Абыхэм яхэтщ республикэ бюджетым езым и хэхъуэхэмкIэ ищI капитальнэ хэлъхьэныгъэхэри — сом мелардрэ мелуан 316-рэ, федеральнэ субсидиехэм щыщхэри — сом меларди 2-рэ мелуан 253,1-рэ. Сом мелуан 861,7-рэ къагъэIурыщIащ, абыхэм ящыщу сом мелуан 258,1-р республикэм и мылъкухэм я хьэкъкIэ. Япэ илъэс ныкъуэм къэрал кIуэцI щIыхуэр гъэм и пэщIэдзэм елъытауэ сом меларди 2-рэ мелуан 292-кIэ нэхъ мащIэщ икIи бадзэуэгъуэм и 1-м сом мелардрэ мелуан 498,4-рэ хъурт. Илъэс ныкъуэм кърикIуахэм япкъ иткIэ бюджетыр зыхущыщIэр сом меларди 2-рэ мелуани 153,4-рэ хъуащ. Ар къыхэкIащ бюджетым Iуэху щхьэхуэхэм хуиутIыпщауэ сом мелардрэ мелуан 971,8-рэ къамыгъэсэбэпу къызэрынам (илъэс къалэным хагъэхьа федеральнэ субсидие зыбжанэр зыхуаутIыпщахэм къыщагъэсэбэпыр хуей щыхъум и дежщ). ХэкIыпIэхэр зэрымащIэр къилъытэри, КъБР-м и Iэтащхьэм экономикэм и IэнатIэхэм хуаутIыпщын хуейуэ яубзыхуахэм къытемыкIыну икIи ахъшэр къанэ щымыIэу зэрагъэзэхуэну къалэн ящищIащ. КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30385.txt" }
Зы мазэ пIалъэу яритащ КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен республикэм и Правительствэм хэтхэм яIущIащ. Абы щытепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къэпщытэныгъэ Iуэхухэр щригъэкIуэкIым УФ-м и Къэзыбж палатэм сэтей къищIа ныкъусаныгъэ псори гъэкIуэдыным хуэгъэзауэ ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэм кърикIуахэм. Зы махуэкIэ и пэ иту Правительствэм иригъэкIуэкIа зи мычэзу зэIущIэм КъБР-м и Iэтащхьэм къыщыхигъэщхьэхукIащ КъБР-м и республикэ бюджетыр зэрыпэмылъэщам и зэранкIэ щIыналъэр федеральнэ программэ зыбжанэр гъэзэщIэным ахъшэкIэ зэрыхэмыхьэфар. Къанокъуэ Арсен министрхэм яхуигъэуващ Къэзыбж палатэм сэтей къищIа ныкъусаныгъэ псори мазэ пIалъэм къитIасэу ягъэкIуэдыжыну икIи яжриIащ яхуэмыгъэзэщIэну къалэнхэр я пщэ далъхьэныр къагъэхъу зэрымыхъунур. «Программэм узэрыхыхьэн ахъшэ уимыIэмэ, абы ущIыхэтыни щыIэкъым», — къыхигъэщащ Къанокъуэ Арсен. Республикэм и Iэтащхьэм Правительствэм къалэн щищIащ УФ-м и Къэзыбж палатэм къигъуэта ныкъусаныгъэхэм ящыщ дэтхэнэри зэхигъэкIыну, ахэр зэрагъэкIуэдыну «гъуэгу картэ» зэхалъхьэну икIи я лэжьыгъэм апхуэдэхэр дяпэкIэ къыщымыхъун папщIэ зэфIагъэкIыпхъэхэр яубзыхуну. Абы и лъэныкъуэкIэ жэуап зыхь гъэзэщIакIуэхэри къыхахын хуейщ. Къанокъуэ Арсен Правительствэм хэтхэм ягуригъэIуащ Iуэхур ирамыгъэфIэкIуэжмэ, къулыкъущIэхэм ткIийуэ зэрабгъэдыхьэнур. КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30387.txt" }
2013 гъэм шыщхьэуIум и 8-р мылэжьэгъуэ махуэу гъэувыным и IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ НэщIикIыж гуфIэгъуэм и саулыкъукIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Муслъымэнхэм я IуэхущIапIэм зыкъызэрытхуигъэзам къыхэкIыу унафэ сощI: 1. 2013 гъэм шыщхьэуIум и 8-р Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мылэжьэгъуэ махуэу щыгъэувын. 2. Мы Указым къару егъуэт ар къыщытрадза махуэм щегъэжьауэ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен Налшык къалэ 2013 гъэм шыщхьэуIум и 1-м №125-УГ
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30391.txt" }
Дохутырхэм я щапхъэм фрикIуэ! Бахъсэн къалэ и медицинэ лэжьакIуэхэм щапхъэ ягъэлъагъуэкIэрэ наIуэ ящIащ сыт хуэдэ хьэл мыхъумыщIэми спортыр пэщIэтыфыну зэрыщытыр. Футбол губгъуэм щызэхуэзат стоматологие поликлиникэмрэ район сымаджэщымрэ я гупхэр. Я насып къикIащ дзэ дохутырхэм, бжыгъэр 7:3-уэ абыхэм текIуэныгъэр къахьащ. Футбол зэдэджэгуну гукъэкI зэращIар ядиIыгъащ стоматологие поликлиникэм и дохутыр нэхъыщхьэ, къалэ советым и депутат, ЦIыхубзхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI ХьэшкIул Людмилэ икIи зэIущIэм зыкъригъэхьэлIащ, ар и нэIэм щIэтхэм я текIуэныгъэм щыгуфIыкIыу гуапэу абыхэм ехъуэхъуащ. «Сыхуейт ди къалэм дэс дэтхэнэми спортыр тутын, фадэ ефэным, наркотик зэхьэлIэным нэхърэ куэдкIэ нэхъ IуэхуфIу зэрыщытыр къагурыIуэну», — жиIащ абы. Дохутыр-футболистхэр мэгугъэ узыншагъэр хъумэн IэнатIэм и лэжьакIуэхэм я деж дяпэкIэ апхуэдэ зэхьэзэхуэхэр щIэх-щIэхыурэ щрагъэкIуэкIыну, абыхэм я щапхъэм Бахъсэн къалэм щыIэ IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэри ирикIуэну. ТыIэщ Элинэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30394.txt" }
КЪУЭЖЬОКЪУЭ Хъусен: «ЩIэблэм я узыншагъэр догъэнэхъапэ» Шэрэдж Ищхъэрэ къуажэм дэт курыт школым и унафэщI Къуэжьокъуэ Хъусен зыдэс жылэм и мызакъуэу, фIыуэ къыщацIыху, пщIэшхуи щиIэщ Аруан районым. Спортымрэ физкультурэмрэ дахьэхауэ къэтэджа Хъусен КъБКъУ-м и спорт факультетыр ехъулIэныгъэкIэ къиухащ. ЕгъэджакIуэ IэкIуэлъакIуэр, гъэсакIуэ нэсыр илъэс 21-рэ хъуауэ пэрытщ жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъ IэнатIэ гугъум. Абы и гъащIэр щхьэузыхь хуещI щIэблэ узыншэ, гъэса къыт-щIэтэджэным. И къалэнхэр хьэлэлу зэригъэзащIэм и щыхьэту Къуэжьокъуэм къыфIащащ «КъБР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ» цIэ лъапIэр. УнафэщI щыпкъэм, лэжьыгъэм и къызэгъэпэщакIуэ IэкIуэлъакIуэм иджыблагъэ зыхуэдгъэзащ икIи и IуэхущIафэхэм, дуней еплъыкIэхэм тедгъэпсэлъыхьащ. — Хъусен, школ унафэщIхэм куэд яхэткъым, сызэрыщыгъуазэмкIэ, спорт факультетыр къэзыуха. Сыт щыгъуэ мурад щыпщIар а Iуэхум уи гъащIэр тебухуэну? — Абы щыгъуэ сэ иджыри сышколакIуэт. ЩIалэ цIыкIухэм щIагъуэ яхэткъым спорт лIэужьыгъуэ гуэрым димыхьэх. Сэри арат — ямылейуэ сызыIэпишат спортым. Абы щыгъуэ мурад сщIащ а унэтIыныгъэм нэхъ куууэ сыхуеджэну. Университетым сыщIэсу практикэ сагъэкIуат Вольнэ Аул дэт 17-нэ курыт школым. ФизкультурэмкIэ егъэджакIуэу абы щыIэр Швец Алексейт. Ар цIыху хьэлэмэтт, егъэджакIуэ Iэзэт. Спорт лIэужьыгъуэхэм ящыщу гимнастикэр къызэрыхэсхар аращ зи фIыгъэу сыбжыр. А Iуэхур абы школым апхуэдизкIэ дахэу, екIуу щигъэувати, хъуэпсэгъуэт: Швец и гъэсэнхэр жыIэдаIуэт, и псалъэр тIу ямыщIу, я щыгъынхэр зэщхьт, зэфIэкIыфIхэри къагъэлъагъуэрт. ЖыпIэнурамэ, занщIэу сызыIэпишащ апхуэдэ Iуэху къызэгъэпэщыкIэм. А школым сыщыIэху къыскIэлъыплъащ езы егъэджакIуэри, чэнджэщ щхьэпэхэр къызиту, дерс ухуэкIэ мардэхэм сыщигъэгъуазэу. ЕгъэджакIуэу ди къуажэ къэзгъэзэжа нэужь, гимнастикэм теухуауэ дгъэтIылъа лъабжьэр а практикэ зэманым и лъэужьщ. — Спортыр узыншагъэмкIэ сэбэпышхуэщ икIи абы зыIэпиша сабийм хьэулеину, Iуэху мыщхьэпэхэм хэпшэхъуэну, дишэхыну зэман иIэкъым… — Пэжщ. Спортыр фIыуэ зылъэгъуа ныбжьыщIэр техьэулеикI хабзэкъым: урок нэужьым тренировкэ макIуэ, абы иужькIэ и унэ йокIуэлIэж. Си щхьэкIэ ди къуажэр спорт, физкультурэ я лъэныкъуэкIэ нэхъ япэ итхэм ящыщу собж. Къапщтэмэ, ди школым сабий 265-рэ щоджэри, мащIэ дыдэщ секцэ гуэрым мыкIуэу абы яхэтыр. Ди деж щолажьэ спорт гупжьей зыбжанэ: футболымкIэ, баскетболымкIэ, атлетикэ псынщIэмкIэ, дзюдомкIэ, гимнастикэмкIэ, IэпщэрыбанэмкIэ, нэгъуэщI унэтIыныгъэхэмкIи. СызэригугъэмкIэ, сабийм сыт и лъэныкъуэкIи зиужьынымкIэ гимнастикэм нэхърэ нэхъыфI яхэткъым. Гимнастикэм ныбжьыщIэм и Iэпкълъэпкъыр быдэ ещI, зэпIэзэрыту, хьэл-щэн зэтес иIэу, гугъуехьхэм къапимыкIуэту егъасэ. Дызэрыгушхуэ яхэтщ ди гъэсэнхэм. Ахэр йохьэ республикэпсо, къэралпсо зэхьэзэхуэхэм я утыкухэм. Саранск къалэм гимнастикэмкIэ щекIуэкIа олимпиадэм ди зы щIалэ зэрысшэрэ куэд щIакъым. ЦIыхуи 100-м щIигъу зыхэта а зэхьэзэхуэ иным ди гъэсэным 9-нэ увыпIэр къыщихьащ. Ар мыIейуэ къызолъытэ. НэгъуэщI ди зы щIали, Шупагуэ Елдар, IэпщэрыбанэмкIэ спортым и мастер хъуащ иджыблагъэ. Елдар спорт факультетым зэрыщIэхуами хуабжьу сыщогуфIыкI. Спортым ди сабийхэм щызыIэрагъэхьэ ехъулIэныгъэхэм, шэч хэмылъу, хуабжьу дрогушхуэ, арщхьэкIэ ди дежкIэ нэхъапэжщ щIэблэм я узыншагъэр. Ди школакIуэхэм сымаджэрилэ зэрахэмытыр спортымрэ физкультурэмрэ я фIыгъэу собж, сыту жыпIэмэ ныбжьыщIэхэм Iэмал ядот жьы къабзэм зэман кIыхькIэ хэтыну, я Iэпкълъэпкъым зрагъэузэщIыну. Спортым сабийм и дежкIэ иIэ мыхьэнэр фIыуэ къагуроIуэ абыхэм я адэ-анэхэми. Абыхэм ящыщу нэхъыбэр щеджар ди школырщи, а дуней еплъыкIэр яIэу къэтэджащ. Апхуэдэу ягъасэ я бынхэри. — Уи псалъэмакъым къыхэбгъэщащ гимнастикэр нэхъыфIу зэрыплъагъур. Абы теухуа спорт IэмэпсымэхэмкIэ фыкъызэгъэпэща? — Ди школым щыIэр 1974 гъэм дгъэувауэ щыта гимнастикэ Iэмэпсымэхэрщ. Ахэр зыдохьэ, дахуэсакъыу. НыбжьыщIэр лъэныкъуэ куэдым хуэзыгъасэ, гъащIэм хуэзыгъэхьэзыр гимнастикэм школхэм я нэхъыбэм гулъытэ щыхуащIыркъым, сызэригугъэмкIэ, абы пыщIа Iуэхухэм емылIэлIэн щхьэкIэ. Iэмэпсымэхэр къэгъуэтыныр, гъэувыныр Iуэху къызэрыгуэкIкъым. Абы къыхэкIыу дерсхэм деж школакIуэхэр топкIэ тIэкIу ягъэджэгумэ, нэхъ къащтэ, ар нэхъ тыншщи. Гимнастикэр къыхэзгъэщхьэхукI щхьэкIэ, абы къикIыркъым баштекъузэкIэ абы зыгуэр хэдгъэхьэу — сабийхэм щхьэж фIэфIыр къыхах. КъищынэмыщIауэ, ди щIалэхэм псынщIэу къажыхьыфу, фоч ягъэуэфу, псы есыкIэ ящIэу школыр къедгъэухын хуейщ. Абыхэм хуэхейуэ ахэр дзэм ираджэмэ, куэдкIэ нэхъ гугъу ехьынущ. — Дэтхэнэ зы школ унафэщIми ещхьу, уэри уи пщэ дэлъщ жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъ къалэн. Лэжьыгъэм къыдэхуэ зэманым щыщу спорт, физкультурэ Iуэхухэм куэд тебгъэкIуэдэфрэ? — Пщэдджыжь къэс сыхьэт ныкъуэкIэ гимнастикэ сощI икIи гукъыдэж сиIэу, си Iэпкълъэпкъыр нэхъ жан хъуауэ лэжьапIэ IэнатIэм сокIуалIэ. Илъэс 60 сыхъуми, ноби теннисымкIэ, баскетболымкIэ сапеуэфынущ нэхъыфI дыдэу джэгу ди гъэсэнхэм. Гимнастикэм и гугъу пщIымэ, дерсхэм щапхъэхэр сэ щызогъэлъагъуэ. ЗэрыжаIэщи, щэ яжепIэ нэхърэ, зэ ебгъэлъагъумэ нэхъыфIщ икIи нэхъ псынщIэу къащтэнущ. Къыхэзгъэщыну сыхуейт мы Iуэхугъуэри: спортым, физкультурэм зегъэужьыным теухуауэ, пцIы хэмылъу, Iуэхугъуэ куэд щокIуэкI къэралым. ИтIанэ, абы емылъытауэ, дэ, егъэджакIуэхэм, гъэсакIуэхэм, Iэмалхэр, хэкIыпIэхэр къэдгъуэтын хуейщ, цIыкIухэр спортым нэхъри дедгъэхьэхын папщIэ. Спортыр — гъэсэныгъэщ, узыншагъэщ. КъытщIэхъуэ щIэблэм я узыншагъэрэ гъэсэныгъэрэ нэхъапэ щыщымыIэкIэ, абы гулъытэ хэха зэрыхуэщIыпхъэри дэтхэнэми хьэкъыу пхыкIауэ щытын хуейщ. Абы къыхузоджэ балигъхэри ныбжьыщIэхэри. Епсэлъар МЫЗ Ахьмэдщ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30397.txt" }
«Спартак-Налшыкым» адрейхэр щхьэщокI Урысей Федерацэм футболымкIэ и япэ дивизионым шыщхьэуIум и 2-м зи чэзу джэгугъуэр щекIуэкIащ. ЗыIущIэн хуея Новокузнецк и «Металлург-Кузбасс»-р зэхьэзэхуэм зэрыхэкIыжар и щхьэусыгъуэу «Спартак-Налшыкым» а махуэм зигъэпсэхуащ. Абы щыгъуэми адрей командэхэм зэпэщIэтыныгъэ гуащIэ ирагъэкIуэкIащ. Мэрем кIуам зэхьэрхуэрэгъуахэм ящыщу, дауи, япэу утыку къихьащ Владивосток щызэдэджэгуахэр. Ди зэманымкIэ махуэ шэджагъуэм, езыхэм яймкIэ — пщыхьэщхьэ кIасэм, КъуэкIыпIэ Жыжьэм щызэIущIат «Луч-Энергия»-мрэ Нижнекамск и «Нефтехимик»-мрэ. ЗэпэщIэува лъэныкъуэхэр зыр адрейм къыпикIуэтакъым икIи зэрытемыгъэкIуауэ, бжыгъэри къызэIуамыхауэ ахэр зэбгъэдэкIыжащ. КъыкIэлъыкIуэу джэгугъуэ махуэр Сыбырым къэIэпхъуащ. А щIыпIэм щыщу япэ дивизионым хэт «Енисей»-мрэ «Сибирь»-мрэ Красноярск щызэIущIащ. Абыхэми я зэпэщIэтыныгъэр къызэрыгуэкIыу щытакъым. Хэгъэрейхэм бжыгъэр къызэIуаха пэтми, хьэщIэхэм хуэфэщэн жэуап къратыжыфащ икIи зэрытемыгъэкIуауэ, 1:1-уэ, я зэIущIэр яухащ. КъуэкIыпIэ Жыжьэмрэ Сыбырымрэ яужькIэ къэралым и Европэ Iыхьэм щыIэ къалэхэм джэгугъуэм щыпащащ. Абыхэм къахэгъэщыпхъэщ зэхьэзэхуэм бжьыпэр щызыубыда «Арсенал»-мрэ «Мордовия»-мрэ я стадионхэм щрагъэкIуэкIа зэIущIэхэр. Туладэсхэм я пашэныгъэр ягъэбыдащ, Ярославль икIа «Шинник»-м бжыгъэшхуэкIэ, 4:0-у, текIуэри. Абы щыгъуэми саранскдэсхэр зы топ закъуэм ирикъуащ Оренбург и «Газовик»-р хагъэщIэн папщIэ. Иджыри къэс турнир таблицэм етIуанэ-ещанэ увыпIэхэр щызы-Iыгъа командэхэм я зэIущIэр 1:0-у иухащ. Калининград щыIэу мыхьэнэшхуэ зиIэ текIуэныгъэ къихьащ Владикавказ и «Ала-ния»-м. Ар 1:0-у щIыпIэ «Балтика»-м ефIэкIащ. Адрей ди гъунэгъухэр нэхъ хуэмыхуащ — Белгород кIуа «Ангушт»-р абы и «Салют»-м 3:0-у къыхигъэщIащ. Ингушхэм мы зэIущIэм зэкIэ тэмэму щадэIэпыкъуфакъым махуэ зытIущ ипэкIэ къахыхьа гъуащхьауэ КIурашын Азэмэти. Аргуэру къыхагъэщIащ бэкIэ зыщыгугъ «Торпедо»-р. Мэзкуудэсхэм я стадионым 1:0-у къащефIэкIащ Дзержинск икIа «Химик»-р. ЗэрытемыгъэкIуауэ, 0:0-у, иухащ «Динамо» (Санкт-Петербург) — «СКА-Энергия» (Хабаровск) зэIущIэр. Топ зырызкIэ зэхъуэжащ Волгоград щызэдэджэгуа «Ротор»-мрэ «Уфа»-мрэ (1:1). Япэ дивизионым зи чэзу, ебланэ, джэгугъуэр пщэдей щызэхэтынущ. «Спартак-Налшыкыр» Красноярск къалэм абы и «Енисей»-м щыIущIэнущ. Пашэхэм очкоибгъу-пщIыкIэ къазэрыкIэрыхуар къэплъытэмэ, ди щIалэхэр Iэмал имыIэу хэгъэрейхэм ятекIуэн хуейщ. Жыласэ Заурбэч.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30400.txt" }
Адыгэшым и гъуэгуанэ дахэр Си шы къарапцIэу пцIащхъуэу щIэлъэтым Ди губгъуэ куэщIыр уи зэ ичыгъуэщ. Уэ уи лъэ макъыу тхыдэм къыщыджэр ЛIыгъэ макъамэм и джэрпэджэжи! Сонэ Абдулчэрим Адыгэм и блэкIари и нобэри зыгъэдахэ, зыгъэтынш гъусэ пэжхэм ящыщщ адыгэшыр. МыхьэнэкIэ шыр къуэшым пэзыщI анэдэлъхубзэми къегъэлъагъуэ ар. «АдыгэлIрэ лIы бэшэчрэ», «ШыфIыр лIыгъэм и ныкъуэщ», — тхыдэм и кIыхьагъкIэ зи бзэр мыпсалъэ псэущхьэ Iущым щытхъуу зэхуихьэсахэм я кIэм унэплъыскъым. Лъэпкъ куэди щыIэ къыщIэкIынкъым и IуэрыIуатэр шым теухуа хъыбаркIэ, шууейхэм зэрахьа лIыгъэкIэ мыкъулейуэ. Гум зэпхедз КъурIэн лъапIэм «хъуаскIэ къыщIезыгъэх шы лъэгухэм» я цIэкIэ иIэт тхьэрыIуэр. «Iуэху щхьэпэм хэт шым пщIэ хуэзымыщIым фэрыщIагъым и зы Iыхьэ бгъэдэлъщ», — жиIауэ къаIуэтэж езы Бегъымбар лъапIэми. Апхуэдэ лъагагърэ лъапIагърэ зиIэ псэущхьэм ди лъэпкъыцIэ зэрихьэныр, адыгэш жыхуаIэжыр тхыдэм и кIыхьагъкIи и бгъуагъкIи «къэбэрдей» фIэщыгъэмкIэ къыхэлыдыкIыу хэтыныр, дауи, ди фIыгъэ хэмылъми, дызыгъэгушхуэ фIыгъуэщ. Газет тхыгъэм и къалэныр Iуэхур Iуэху щIынращи, дыщогугъ дызыщыгъуазэр зэрымащIэм нэхъыбэ зыщIэм и гумызагъагъыр къигъэхъейуэ, шы гъэхъуным и лъэныкъуэкIэ фIы нэхъыбэ къытпыкъуэкIыну. ФIыщIэшхуэ яхудощI мы тхыгъэм зи IэдакъэщIэкIхэр къыщыдгъэсэбэпа щIэныгъэлIхэм: Ашэбокъуэ Леонид, КъБР-м щIыхь зиIэ и щIэныгъэрылажьэ, мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор, Къэбэрдей-Балъкъэр мэкъумэш университетым и профессор («Адыгэ уанэшхэмрэ иджырей шы гъэхъукIэмрэ»). Къагъырмэс Црай, мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор, РАЕН-м и академик, Адыгэш лъэпкъыр хъумэнымкIэ зэгухьэныгъэм и унафэщI (тхыгъэ къыхэхахэр). Къэбэрдеишым и къежьапIэр Лъэпкъ къэс езыри иригушхуэу иIэщ а зым фIэкIа дамылъагъу гуэр. Апхуэдэщ адыгэхэм ди дежкIэ шыр. Иужьрей зэманым къэбэрдеишым хуащI гулъытэр кIуэ пэтми нэхъ ин мэхъу, ди къэралми къыщымынэу — Европэм. Уеблэмэ мыбыи шым сыт хуиIуэху зыхужыпIэн куэд, IэщIагъэкIи щIэныгъэкIи шым емыпхауэ, абы и тхыдэми и щытыкIэми щыщIэупщIэр мащIэкъым. «Къэбэрдейр» (шым и цIэр) XVI лIэщIыгъуэм къыщожьэ, ауэ и дахэгъуэм ди лъэпкъышыр щынэсар XVII лIэщIыгъуэращ. Тхыдэ кIыхь къызэринэкIам и кIуэцIкIэ къэбэрдеишым зыIэтыгъуи къепсыхыжыгъуи иIащ, цIыхум къылъыс лъэпощхьэпохэр дигуэшу. Адыгэхэм я тхыдэ жыжьэр домбеякъым и лъэхъэнэ кIасэмрэ гъущIым и лъэхъэнэ пасэмрэ нос. А зэманым къыщIэна Iэмэпсымэхэр щыхьэт тохъуэ лъэпкъыр нэхъыбэу Iэщ зехуэнымрэ мэкъумэшымрэ зэрыхэпсэукIар, шы ягъэхъуу зэрыщытам и лъэужьхэри наIуэщ. Къармэхьэблэрэ Зеикъуэрэ деж шы кхъэлъахэхэр къыщагъуэтыжащ, ирахьэлIэ Iэпслъэпсхэр ящIыгъуу. Крупнов Евгенийрэ Алексеевэ Еленэрэ къызэралъытэмкIэ, домбеякъым и лъэхъэнэм, «ди эрэр ипэкIэ VIII — VII лIэщIыгъуэхэм хуозэ къыщыхъуа щIыпIэм куууэ епха къэбэрдеиш цIэрыIуэм» и тхыдэр. Къэбэрдеишыр адыгэ? Кавказ зауэм хэта урыс генерал Броневский Семён зэритхымкIэ, «Адыгэш лъэпкъыр хьэрып хакIуэхэмрэ адыгэ шыбзхэмрэ я щIэблэщ». Виноградовэ Валентинэ, илъэс куэдкIэ шы спортым хэта белорус шууей бзылъхугъэм, жеIэ: «Дуней псом шы лъэпкъыфIу тетым я зыужьыныгъэм хьэрыпышхэм я фIыгъэу хэлъыр нэгъуэщI зы шы лъэпкъми пхухуэгъэдэнукъым. Ар ди эрэм и VII, VIII лIэщIыгъуэхэм хуозэ. Ислъамыр Африкэм, Испанием лъагъэIэсын мурадкIэ зекIуэ кIуэ хьэрып шууейхэр зытесхэр куэдкIэ нэхъыфIт, ахэр зэрыхьа щIыпIэхэм щызэрахуэхэм нэхърэ. Абы къыхэкIыу хьэрыпышхэр а щIыпIэхэм щыщ шы лъэпкъхэр ирагъэфIэкIуэн папщIэ къагъэсэбэпу щIадзащ, а Iуэхур нобэр къыздэсым зэпыуакъым». Хьэрыпыш къабзэр шы лъэпкъ псори ефIэкIуэным папщIэ къагъэсэбэпу зэрыщытам 1913 гъэм Шым теухуа Урысейпсо съездым Войцехович Александр дахэу щытепсэлъыхьащ: «Шы лъэпкъ къабзэхэр пхъэIэщэ зэмыIуса щIыгулъщ. Абы къэгъазэ имыIэу щыбэтэну жылэр — зы лъы закъуэщ, зэи зыхалъхьар зэхимыгъэзэрыхьауэ. Сыт хуэдэ зэмани а лъэныкъуэмкIэ къагъэсэбэпу щытар хьэрып шы лъэпкъращ». Буденный Семён маршалым и унафэкIэ къэбэрдеишым теухуауэ ятха лэжьыгъэм къыхощ абы и къэхъукIэм тыркумэн, карабах, хьэрып, нэгъуей шы лъэпкъхэр хэтауэ. Костонянц Рубен «Къэбэрдей шы лъэпкъыр къалмыкъ, нэгъуей шыбзхэмрэ къуэкIыпIэмкIэ къикIа хакIуэхэмрэ къатехъукIауэ» ебж. Поджидаев Владимир и еплъыкIэри абы пэгъунэгъущ: «Къэбэрдеишыр хамэ щIыпIэ къикIащ». Ауэ ЗэфIэс Айдемыр зэритхымкIэ: «Къэбэрдеишыр гуартэм нэхъ лъэрызехьэхэр къыхахыурэ зэрефIэкIуам къыхэщхьэхукIа шы лъэпкъщ». Постников Геннадийрэ Бенуа Александррэ дыщIагъуж: «Къэбэрдеишыр къуэкIыпIэмкIэ къикIа лъэпкъышхэр къахыхьэурэ Къэбэрдейм и дахэгъуэм, XVI лIэщIыгъуэм и кIэм — XVII и пэщIэдзэм, къыхэхъукIащ». АбыкIэ арэзыкъым Къумыкъу Тыгъуэнрэ Хъубий Баширрэ: адыгэшым къуэкIыпIэ лъэпкъышхэр къыхэIэбауэ убжыныр щыуагъэщ, XVI лIэщIыгъуэм абы и пщIэр жыжьэ IуакIэт. Иужьрей гупсысэм и щыхьэту мамлюк сулътIан Инал теухуа тхыдэ лэжьыгъэхэм ущрохьэлIэ: «Ар ерыщт Кавказым ис и лъэпкъэгъухэр зэришэлIэнымкIэ, къишахэм я бжыгъэр шууей мин 40-м нэсат». Къэбэрдеишым и къежьапIэр куэдым тенджыз ФIыцIэ Iуфэм ирапх. Беляев профессорым зэрыжиIэмкIэ, нэхъ пасэу къыхэхъукIа къэбэрдеиш лъэпкъхэр «щолэхъумрэ» «трамэмрэщ». «Щолэхъум» теухуауэ абы шыпсэхуэкIуэ хъыбар гъэщIэгъуэн къеIуатэ: къэбэрдей гуэрым тенджыз ФIыцIэ Iуфэм шы щигъэхъуу щытти, абы хакIуэ мыгъасэ гуэр къахэзэрыхьащ, зэман дэкIыу дунейм къытехьа шыщIэращ «щолэхъу» шы лъэпкъым къежьапIэ хуэхъуар. Беляевым зэрыжиIэмкIэ, «щолэхъур» теплъэкIэ хьэрыпышым ещхьщ: абы и щхьэр гъурщ, и тхьэкIумэхэр цIыкIущ, и нэхэм «хъуаскIэ» къыщIех, нэбжьыцхэр кIырщ, цыр пIащIэщ, щабэщ, шыбгъэр бгъуэщ. Шы Iэпкълъэпкъыр и кIыхьагъкIэ захуэщ, и лъэгур быдэщ. Беляевым жиIэм тохьэ шыхъуэ цIэрыIуэ Балакшин Ольгэ и еплъыкIэри. Хъыбарыжьхэр и тегъэщIапIэу, щIэныгъэлIым «къэбэрдеишыр IуэрыIуатэм къыхэщ Андемыркъан Къэбэрдейм къиша хьэрып хакIуэм къытехъукIауэ» жеIэ. Балакшиным къызэрилъытэмкIэ, къэбэрдеишым XVI лIэщIыгъуэр и татуугъуэу щытами, абы и щытыкIэр пасэу къызэфIэуващ: хэти щыгъуазэщ къэбэрдейхэм хьэж ящIауэ Мэчэм къыщикIыжкIэ Кавказым Хьэрып щIыналъэмрэ Сириемрэ кърашурэ шы къыздашэу зэрыщытар. Апхуэдэ щIыкIэу къэбэрдеишым къуэкIыпIэш теплъэ игъуэтащ. Балабановри арэзыщ къэбэрдеишыр апхуэдэ щIыкIэкIэ къызэрыхэхъукIамкIэ, ауэ абы «къэбэрдейм» монгол шы лъэпкъхэм яжь къыщIихуауэ къелъытэ. Мишинымрэ Драгалевымрэ къызэралъытэмкIэ, пэжщ, Азие ЦIыкIум щыщ шыхэм ящыщи хэтащ къэбэрдеиш лъэпкъым и къыхэхъукIыкIэм, «хьэрыпхэмрэ» «къэжэрхэмрэ» зэрыхэтам хуэдэу, ауэ ар езыр-езыру къэхъуа Iуэхуу пхужыIэнукъым — хэдэрыхэх узыншэм къихьа зыужьыныгъэщ. Адыгэшым нэгъуей шы лъэпкъым илъ хэту къэзылъытэхэм ящыщщ Федотов Пётр, Красников Александр сымэ. Ауэ тхыдэдж Мердер Иван жеIэ: «Адыгэш нэсыр хьэрыпышымрэ бгырысхэм зэрахуэхэмрэ зэхыхьэкIэрэ къэхъуащ: ар къарууфIэщ, жыджэрщ, мафIэ кIуэцIылъщ, хахуэщ, набдзэгубдзаплъэщ, къуакIэбгыкIэхэм нэхъ къыщысэбэпращи — я лъакъуэхэр быдэщ. КъищынэмыщIауэ, ар икIи тхьэкIумафIэщ: жэщым я нэхъ кIыфIым уи псэм утемышыныхьу ушэс хъунущ зыщIыпIэ деж ехуэхынщ е лъагъуэ зэвым ирикIуэфынкъым жумыIэу. Шууей гъуэщам и псэр абы IэщIилъхьэфынущ: шым езым ицIыху гъуэгур къигъуэтыжынурэ уздынэсыпхъэм унигъэсынущ. Ар икIи егъэлеяуэ сакъщ, и тхьэкIумэхэр тегъэхуа зэпытщ, макъ псоми едаIуэу, езыр гъуэгу пэжым тет-темыткIэ зыкIэлъыплъыжу. Абыхэм апхуэдизкIэ гурыгъуазэ пэж яIэщи, хэбгъэзыхьрэ здэмыкIуапхъэм бгъакIуэмэ, узэрыщыуар къыбгурыIуэжынущ: е бий, е хьэкIэкхъуэкIэ зызыудыгъуа урихьэлIэнущ. Абы иджыри Iуэхуншэу шэщым щIэтыну фIэфIкъым, щIэубыдауэ куэдыIуэрэ яIыгъмэ, зейр хигъэзыхьынурэ зыкъыщIригъэшынущ». Лъэпкъхэмрэ шы лъэпкъхэмрэ Кавказ тхыдэдж Калоев Борис зэрыжиIэмкIэ, «Къэбэрдейм шы зэрыщагъэхъуа тхыдэм къыщIэнауэ шы лъэпкъ зыбжанэм я фIэщыгъэхэр зокIуэ, лъэхъэнэ зэхуэмыдэхэм къыхэжэпхъыкIауэ. Псом нэхърэ нэхъыжьу къалъытэр «щолэхъуращ»: XVI лIэщIыгъуэм нэс къикIа дэфтэрхэм къаIуатэ ар Щолэхъухэ ящыщ джылахъстэнеипщым и цIэм епхауэ. ИужькIэ XIX лIэщIыгъуэм Клапрот етх: «НэхъыфI дыдэу Къэбэрдейм къыщалъытэр «щолэхъу» шы лъэпкъращ. Абыхэм я бжыгъэр щитIым щIигъу хабзэкъым, гуартэм щыхэткIэ. ФэкIэ ахэр е пщIэгъуалэщ е пцIэгъуэплъщ. Апхуэдэш саугъэту ятамэ, и уасэр пщылI уасэм пагъэув». Нэмыцэ щIэныгъэлI Паллас Пётр етх: «Гу лъытэгъуафIэщ мы щауэхэм я зэманым и нэхъыбэр я шы телъыджэхэм зэрытрагъэкIуадэм. А Iуэхум ахэр хьэрыпхэм нэхърэ мынэхъ Iейуэ пэрытщ. ИтIани адыгэхэм ауэ шы дахэ къудейкъым ягъэхъур, атIэ псэущхьэ бэшэч, къарууфIэ, мэжэлIэнымрэ гугъуехьымрэ яхуэхьу, псынщIагъкIэ яхуэдэ щымыIэу. Зауэ-банэм щыхэтым и деж адыгэхэр псом нэхърэ нэхъ зыщыгугъыр шым и хьэлращ. Дэтхэнэ зы лъэпкъ и щхьэ пщIэ хуэзыщIыжми езым и шы лIэужьыгъуэ иIэжщ, абы тегъэуа дамыгъэмкIэ къэгъэлъэгъуауэ. Нэхъ пщIэшхуэ зиIэр «щолэхъухэращ», ар Талъостэнхэ я нэIэ тету зэрахуэ. И дахагъкIи, къарукIи, псынщIагъкIи бэлыхьщ, адрейхэм къазэрыхэщыр и лъэгур хъурейуэ, дэбзыкIа имыIэу зэрыщытращ». Ауэ Тыркум щыщ шыхъуэ Къущхьэ Фикри зэрыжиIэмкIэ, «щолэхъур» зэрыфIыр и псынщIагъракъым — шы бланэу, тегушхуэ хэлъу зэрыщытращ: «щхьитI-щыкIэ езым нэхърэ нэхъ лъагэ къуршым зреупсей щхьэпрыкIыну, гу кIуэцIылъщ». Щолэхъу и хъыбар Щолэхъу шы лъэпкъым зи цIэ зэрихьэ Щолэхъу, зэрыжаIэмкIэ, и шы гуартэм и бжыгъэр зэи щэм щIригъэгъуу щытакъым. И ныбжь хэкIуатэу Iуэхур и къуэхэм къащыхуигъанэм, щIалэхэм шы бжыгъэр миным нагъэсащ, абыкIэ адэм зыхуамыгъэщIагъуэуи къэнакъым. АфIэкIа хэмылъу, адэм бжыхь задэ лъагэкIэ къэхухьауэ Iуэ ирегъэщIри, шыхэр абы ираубыдэну унафэ ещI. ЖаIар щагъэзащIэм, фочрэ кIий макъкIэ шыхэр ягъэщтэну яжреIэ. Абдежым шы гужьеяхэм зэрызехьэн щIадзащ, ауэ бжыхь задэм къыщхьэдэлъыхыфар миным щыщу щэ ныкъуэ къудейрщ. Щолэхъуи жыIэпIэ ихуащ: «А къелъахэращ си шы лъэпкъыр, адрей къэнахэр шыуи сыбжыркъым, ахэр жэмщ». Шы лъэпкъыцIэу тхыдэм зыбжанэ къыхэнащ. Языныкъуэхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, ахэр унагъуэ щхьэхуэм зэрейм, дамыгъэ хэха зэриIэ къудейм къыхэкIауэ къалъытэ. Мыдрейхэм — дэтхэнэ зы шы лIэужьыгъуэми щытыкIэ щхьэхуэ иIауэ ябж. ЕтIуанэ еплъыкIэм щыхьэт тохъуэ абыкъушым теухуа псалъэжьыр: «Зы абыкъушрэ зы аркъэнрэ уиIэмэ уунагъуэщ». Шы лъэпкъыцIэу узрихьэлIэхэм ящыщщ: абыкъу, ачэтыр, бэчкъан, егъэн, есэней, жэращты, кърымщокъал, къундет, лоу, трамэ, хьэгъундокъуэ, шагъдий, шэджэрокъуэ, щолэхъу, чыпылу. Шы гъэсэкIэм и щэхухэр Къэбэрдейхэм шым щIопщкIэ уеуэу ядэртэкъым: узым шыр бауэкIэщI ещIри, ирегъэш. Шыгъажэхэм щыхэткIэ фийкIэ, макъкIэ е IэгукIэ утеуIуэурэ тебгъэгушхуэ хъунут, ауэ удыныр шым и гъэсэныгъэм къыщагъэсэбэпыртэкъым, абы шым игурэ и щхьэрэ зэтрихуу къалъытэрти. Спенсер Эдмонд, инджылыз дунеяплъэм, 1839 гъэм къэбэрдейхэм ятеухуауэ етх: «Дуней псом зы къэрал тет къыщIэкIынкъым мыбыхэм хуэдэу шыр зыхуей хуэзыгъэзэф, зы лъэпкъми шы зехуэкIэм хищIыкIыркъым, мыбыхэм хуэдэу. Щэхушхуэр, хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, шым зэи зэремыуэращ, абы къыхэкIыу ар зейм хуэпэжу къонэ… Адыгэшым уигу къыхуэкI псори зыхищIэу ибогъэсэф. Сыт хуэдизкIэ мы лъэпкъым гъуазджэрэ цивилизацэкIэ дыщхьэпрымыкIами, шыр зэрагъасэмкIэ, абы кIэлъызэрахьэ цIыхугъэмкIэ икъукIэ дакъыкIэроху, ди шыхъуэхэм адыгэхэм я деж куэдым зыщрагъэсэфынут. Сытуи мащIэ дэ тщIэр мы псэущхьэ телъыджэм зэрызебгъэужьыфынумрэ ар зэбгъэсэфынумрэ теухуауэ. Шыхэм нэхърэ нэхъ къабзэрэ фIыр нэхъ зэхэзыщIыкIрэ, игу зэ зыкIэрыпщIам нэхъ хуэпэжрэ бгъуэтынкъым. Уеблэмэ зэрыцIыкIурэ фермэхэм къыщыхъуахэр ныбжьэгъуфIым хуэдэу апхуэдизкIэ гумащIэ мэхъури, хэгъэзыхьышхуэ хэмыту пхуогъэIэсэ». ГъэкъэбзэкIэр Iуэху къызэрыгуэкIыу фэ зытет шы гъэкъэбзэкIэми Iэмал хэха иIэщ. Тхыдэдж Къумыкъу Тыгъуэн зэритхыжамкIэ, адыгэхэм шыр зэрагъэкъабзэу щытар мыпхуэдэут: «ЯпэщIыкIэ мэкъу IэмыщIэ къащтэри, абыкIэ шыр ялъэщI. ИужькIэ сабыныпс хуабэкIэ IэгукIэ ятхьэщI, и фэм фIей зыри къыкIэрымынэжыху». Шы лъэгур Къэбэрдеишыр къызэфIэгъэувэн Iуэхум мыхьэнэшхуэ щиIыгът абы и лъэгум елэжьыным. ЩIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, адыгэшым и лъэгудыгъуэр апхуэдизкIэ быдэщи, хэхауэ щIыпIэ мывалъэ гуэр мыкIуэмэ, нал щIумылъхьэми мэхъу. Ар зи фIыгъэу ябжыр щIымрэ щIыуэпсымрэ я щытыкIэм и закъуэкъым. Зэман кIыхьым и кIуэцIкIэ езы шыщIэхэр хэплъыхьышхуэ ящIу къызэрыхахыу щытаращ. ШыщIэ лъэгур скъар фIыцIэм хуэдэу цIууэ и щIыбагъымкIэ зэгуэмыкIыу, зэгуэту щытын хуейщ. ШыщIэ къыхащыпыкIахэм я лъэгухэр хуэсакъыпэурэ ягъэкъабзэрт, зыхуей щытыкIэм ирагъэувэным елIалIэурэ. А мурадым лъэIэсын папщIэ шыхэр зэпымыууэ къуршыпс уэрым хахуэурэ и дэгъэзеигъуэмкIэ ягъакIуэрт. Апхуэдэм деж шым, хуей-хуэмейми, псым хэлъ мывэкIэщхъым и лъэгур тригъэзэгъэн хуей мэхъу, ауэрэ шыхъуэр зыщIэхъуэпсым хуэдэу быдэ мэхъу. КъищынэмыщIауэ, шыхэм зэпымыууэ мывэкъуэхэм къыщрагъэкIухь. Аращ Хъан-Джэрий щIитхыр: «Ипэ илъэсхэм шыхэм я лъэгум теплъэ нэс къищтэн папщIэ, псыхъуэхэм нэхъ щагъэхъуакIуэ». Шым и теплъэр Къэбэрдеиш лъэпкъыр къыхэщхьэхукIыху, шыхъуэхэм мыхьэнэшхуэ ирату щытащ шыхэм къахэхыпхъэр гъэтэмэмыным. Ди адэжьхэм гулъытэ ин хуащIырт шыбгым и теплъэмрэ и кIыхьагъымрэ, шыбгъэм, лъакъуэхэм. НэхъыфIу къалъытэр зи бгыр захуэу, мыкIыхьыщэу шэщIа шыбграт. Лъакъуэхэм дагъуэ лъэпкъ яIэ хъунутэкъым — я кIыхьагъми, зэрытригъэувэ щIыкIэми, и зэрытыпIэхэми. Шыбгъэр бгъуэуэ икIи куууэ щытын хуейт, ар шым и гумрэ и тхьэмбылымрэ зэрыузыншэм и нэщэнэт. Апхуэдэ къыхэхыкIэм адыгэшым зыми емыщхь Iэпкълъэпкъ зэхэлъыкIэ къритащ, и щхьэми, фIыуэ зызыужьа и жьэпкъми, дзажэналъэхэми, лъакъуэхэми, фэми ар къагъэлъагъуэу. А псом къэбэрдеишым дахагъ къызэрымыкIуэ, лантIагъ, къэкIухьыкIэ щабэ къытригъауэрт. А щытыкIэхэращ абы дунейпсо цIэрыIуагъ къезытари. Къэбэрдеишыр КъуэкIыпIэми КъухьэпIэми къикIыурэ ящэхуу къекIуэкIащ лIэщIыгъуэкIэрэ. Шым и теплъэм и гугъу пщIымэ, къэбэрдейхэм мыхьэнэшхуэ иратырт абы фэ узыншэ иIэным. Фэ узыншэ зиIэхэм хабжэрт къарапцIэхэмрэ шыгъуэхэмрэ икIи яфIэфIтэкъым гъуабжэхэмрэ къуэлэнхэмрэ. Лъакъуэм и лъагагъым фIэмыкI IэпапIэ сырыхухэр ядэнкIи хъунт, ауэ Iэпкълъэпкъым IэпапIэ хужь хэтыныр шым и узыншагъэм и щыщIэныгъэу къалъытэрт. Кавказ зауэмрэ адыгэшымрэ Къэбэрдеишым и зыужьыныгъэм зэранышхуэ хуэхъуахэм ящыщщ Урыс-Кавказ зауэм и лъэхъэнэр. Абрамов Яков 1884 гъэм къыдигъэкIа «Кавказ бгырысхэр» тхылъым щетх: «Гъэмахуищми, Къэбэрдеишхуэм и курыкупсэм ит урыс слобода цIыкIу Налшык сыдэсыху, урысхэм къэбэрдей щэнхабзэм и Iэужьхэмрэ илъэс куэд зытекIуэда я лэжьыгъэмрэ укIытэ лъэпкъ яхэмылъу зэрызэтраIущIэм сеплъыну Iэмал сиIащ. «Ка- рательнэ экспедицэ» ира- гъэкIуэкIыху, бгырысхэм къуентхъ папщIэу къытраха Iэщ мин тIощIырыпщIхэр пащтыхьым и блыгущIэтхэм яIэрыхьэрт. Апхуэдэ защIэу Iуэхур екIуэкIащ XIX лIэщIыгъуэм и 70 гъэхэм пщIондэ. Архив дэфтэрхэми ар зэрыратхэ хабзэр: «…къэбэрдейхэм къытрахахэм щыщу». Псом хуэмыдэу ар я хьэлт генералхэу Вельяминовым, Засс, Булгаковым, Дель- поццо: «Къэбэрдей шы гуартэ зэхэфыщIахэр зауэ къуентхъыу къаIэрыхьэурэ, ди къэзакъхэм къэбэрдеиш гуартэхэр зэхаублащ». АрщхьэкIэ къэхутакIуэ Дубенский Дмитрий зэрибжымкIэ, «къэзакъхэм езыхэм я шы гуартэхэр яIыгъыжт, адыгэхэм я шы зехуэкIэ Iэмалхэм емылIалIэу… абы къыхэкIыу шы лъэпкъхэр хагъэкIуэдэ- жащ». 1810 гъэм Савельев-генералым и унафэщIхэм рапорт яхуетх, адыгэхэр шыгъум пэIэщIэ зэращIам къыхэкIыу яш куэд зэрызэтелIар иту. 1816 гъэм щыщIэдзауэ 1910 гъэ пщIондэ, адыгэхэр Тыркум зэрыIыгъыу щыIэпхъуэжа зэманым, унагъуэ 690.659-рэ Хэкум икIащ, цIыху бжыгъэкIэ 3.102.749-рэ хъууэ. Абыхэм я нэхъыбэр къэбэрдейт. 1864 гъэм и закъуэ адыгэш зезыхуэ нэрыбгэу 342.748-рэ икIащ. А зэманым унагъуэ къэс шы игъэхъурт, аращ къызыхэкIар XIX лIэщIыгъуэм и кIэм — XX и пэщIэдзэм Кавказ Ищхъэрэм шы бжыгъэу итам зэуэ зэрыхэщIар. Псалъэм папщIэ, 1889 гъэм абыхэм я бжыгъэр зэрыхъужыр 4.821-рэ къудейт. А зэманым Кавказ псом щыцIэрыIуэу щытащ Лохэ, Куэцэхэ, Трамэхэ, Лафыщхэ, Тамбийхэ, нэгъуэщI куэдми яшхэр. Тыркуми, здэIэпхъуа нэгъуэщI къэралхэми адыгэхэм я псэр зыхэлъ шыр щагъэхъун къагъэнакъым. Хаккер Дж. етх: «Адыгэхэм шы телъыджэхэр зэрахуэрт, Хэкум щиса зэманым ещхьу ягъэхъурэ псори зрагъэхъуапсэу». «Узуняйла» шы лъэпкъыр Тыркум Iэпхъуа адыгэхэм языныкъуэхэр тенджызымкIэ, адрейхэр щIылъэмкIэ кIуахэщ. Иужьрейхэм Хэкум здраша шыхэращ къызытехъукIыжар къыщыхъуа щIыналъэм — Узун-Яйла — и цIэр зыкIэрыпщIа шы лъэпкъыр. Ишджан Каан мы шы лъэпкъым триухуа и тхыгъэм къыхегъэщ «узуняйла»-р адыгэш лъэпкъитхум къазэрытехъукIар: щолэхъу, егъэн, ло, (мэрджан), трамэ. «1937 гъэм, гъатхэпэм и 10-м, Пынарбаши щIыпIэм «Узуняйла шы лъэпкъыр хъумэнымкIэ зэгухьэныгъэ» щызэхаублауэ щытащ. 1980 гъэм фокIадэм и 10-м нэс лэжьа а зэгухьэныгъэм Iуэхушхуэ зэфIигъэкIырт: абы и жэрдэмкIэ шы гъэлъэгъуэныгъэхэмрэ щапIэхэмрэ къызэIуахыу щытащ». Нобэрей IуэхукIэ XIX лIэщIыгъуэм, урыс пащтыхьыгъуэм и зэрыпхъуакIуэ жэрдэмхэм я IэужькIэ, къэбэрдей шы гъэхъукIэр хуэмурэ ужьыхын щIидзащ. ХъупIэхэм зэрыхэщIам, гъаблэм къыхэкIыу, мэл зэрахуэмэ нэхъ яфIэкъабылу зэрыхъуам нэмыщI, зауэ, колхоз зэхэтыкIэ хуэдэхэу псэукIэщIэ зэIумыбзхэмрэ жылагъуэр зыхэхуа лъэпощхьэпохэмрэ шым къылъыс гулъытэр кIуэ пэтми нэхъ мащIэ ящIурэ шым и фIагъым фIыуэ кIэригъэхуащ. ЖыпIэнкIэ, «къэбэрдеишыр» лъэпкъ хэплъыхьахэм ящыщщ, шыхъуэхэми ялъэкI къагъанэркъым ар ирагъэфIэкIуэнымкIэ. Ауэ иджырей къэбэрдеишыр, дауи, XVI-XVIII лIэщIыгъуэхэм зэрыщытами, уеблэмэ XIX лIэщIыгъуэм зэрыщытами хуэдэжкъым. Къэбэрдеишым и [цIэкIэ] Дунейпсо Зэгухьэныгъэ (Iternational Kabardian Horse Assosiation) 2009 гъэм щIышылэм и 17-м Чехием, Словакием, Франджым, Белоруссием, Косовэ, Израилым, Германием щыщ адыгэ гуп зэхуэсри, Германием щыIэ Мюнхен къалэм Къэбэрдеишым и (цIэкIэ) Дунейпсо Зэгухьэныгъэ (КъДЗ) къагъэунэхуащ. Зэгухьэныгъэм и зэIущIэу 2010 гъэм щIышылэм и 13-м Берлин щекIуэкIам къызэгъэпэщакIуэхэм ящыщ, Тыркум щалъхуа, Германием и «Удзыфэхэм я партым» и унафэщI Оздемир (УанащIэ) Джем щыжиIэгъащ: «Ныбжьэгъу лъапIэхэ! КъДЗ-р ирогушхуэ «Къэбэрдеишым и блэкIар, нобэр, къэкIуэнур» зыфIэтща Япэ дунейпсо симпозиумыр къызэрызэIуихымкIэ. Ди гуапэщ къедгъэблэгъэну ныбжьэгъухэри, хьэщIэхэри, Iуэхум дихьэх дэтхэнэ зыри. Иджыри дыпоплъэ Кавказми, Европэми, адрей къэралхэми щыщ щIэныгъэлIхэр, политикхэр, шыхъуэхэр къыддэлэжьэну. Ди мурад нэхъыщхьэр къэбэрдеишым иджыпстурей и щытыкIэр утыку къитхьэу, абы и тхыдэми нэху тредгъэдзэнырщ. КъищынэмыщIауэ, ди плъапIэщ нобэ къэбэрдей шы лъэпкъыр хъума хъуным елэжь шыхъуэхэу Кавказым щыпсэухэм зэрызащIэдгъэкъуэн Iэмал къэдгъуэтыну. Ди Iуэхум къэбэрдеишым елэжь шыхъуэхэр, псапащIэхэр, ныбжьэгъухэр къызэщIиубыдэу зэрыщытым къыхэкIыу, дыхуейщ цIыхубэмрэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмрэ я гулъытэр ди лэжьыгъэм къетшэлIэну. Дыфщогугъ дытевгъэгушхуэну, фыкъытхыхьэну». Адыгэшым теухуа псалъэмакъыр къыщIэддза къудейуэ зэрыдухыр нэрылъагъущ. Шы зехуэныр тхылъ Iуэхуу зэрыщымытра къыщIэкIынщ абы и щхьэусыгъуэр. ИтIани ди псалъэмакъым пызыщэну гукъыдэж зиIэхэм газетым и напэкIуэцIхэр яхузэIухащ. Мы псэущхьэ угъурлым и фIагъыр къызэрыIуэтэгъуейм и щыхьэту, зы хъыбар щIэщыгъуэкIэ иужьрей нагъыщэр догъэувыж. ЩIопщым и ныбжьри хурокъу Зэгуэрым Сиддхартхэ Гаутамэ — БуддэкIэ зэджэм — и деж цIыху гуэр къыщIыхьэри, пщIэ къызэрыхуищIыр къигъэлъагъуэу, гъэщхъауэ и лъакъуэм къеIусащ. «Тхьэ щыIэ?» — щIэупщIащ хьэщIэр. Буддэ абы худэплъейри, жриIащ: — Си щIалэгъуэм шыхэр зыпэсщI щыIэтэкъым, ауэ зэхэздзынщ щыжысIэм и деж, ахэр лIэужьыгъуиплIым иту слъагъурт. Япэрейр — шы мыгъасэ, нэхъ ерыщхэращ. Сыт хуэдизрэ уемыуэми, къодэIуэнукъым. ЦIыхухэм я нэхъыбэр апхуэдэщ. ЕтIуанэ лIэужьыгъуэр мэдаIуэ, ауэ — удыныр зыхищIа нэужь. Апхуэдэ цIыху куэди щыIэщ. Ещанэ гупым щыщхэм еуэн хуейкъым: абыхэм щIопщыр ибогъэлъагъури зэфIэкIащ. Ауэ еплIанэ лIэужьыгъуэр гъуэтыгъуей дыдэщ: абыхэм щIопщым и ныбжьри яхурокъу. ХьэщIэр щыму заулкIэ щысри щIэкIыжащ, егъэджакIуэм фIыщIэшхуэ къызэрыхуищIыр и нэкIум иплъагъуэу. А псори Буддэ нэхъыфI дыдэу илъагъу и гъэсэн Анандэ и нэгу щIэкIащ, арщхьэкIэ зыри къыгурыIуакъым. «Сыт хьэдыгъуэдахэ: мор Тхьэ щыIэ жеIэри щIоупщIэ, мыдрейр шыхэм топсэлъыхь» — и гур къезауэрт щIалэм. ПсэлъапIэ ихуа нэужь, Анандэ щIэупщIащ: — Сэ ар къызэрызгурыIуэн мы дунейм теткъым! Шыхэм ухутепсэлъыхьа нэужь, зиущэхури гъащIэ псо къыбдэпсэуам хуэдэу мамыру къыбдыщысащ. Сэ зыхэсщIакъым игъащIэм апхуэдэ гупсэхугъуэ! Сыт абы жепIар? Сыт абы апхуэдизу фIыщIэ къыщIыпхуищIар? ЕгъэджакIуэм жиIащ: — Сэ шыхэракъым сызытепсэлъыхьар. Зи гугъу сщIар ар зыщIэупщIаращ, ауэ ар щIэныгъэ ущэхуащ, псалъэмрэ акъылымрэ я гъунапкъэм фIэкIыу. И пщIэгъуалэм сеплъу а Iуэхум фIыуэ зэрыхищIыкIыр къызгурыIуа нэужьщ шыхэм сытепсэлъыхьын щыщIэздзар. Арат абы и бзэри, жысIа мащIэмкIэ сызэхищIыкIащ. Ар закъуэтIакъуэхэм ящыщщ: щIопщым и ныбжьри хурокъу. ЧЭРИМ Марианнэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30405.txt" }
ЗыгъэпIейтейхэр къыщаIуатэ Налшык и Искож хьэблэм щыIэ «Родина» кинотеатрым и гупэм деж бадзэуэгъуэм и 27-м пэкIу щызэхэтащ. Ар къызэрагъэпэщащ УФ-м и коммунист партым и республикэ комитетымрэ «Зауэм и щIэблэхэр» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэмрэ. «Зауэм и щIэблэхэр» ООО-м и щIыналъэ организацэм и правленэм и унафэщI Щэуей Мидэ къыхилъхьэри, ар къызэIуихащ КПРФ-м и рескомым и япэ секретарь Пащты Борис. — Мы зэIущIэр Урысейм и политикэ гъащIэм и тхыдэм мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэу хыхьэнущ. Сыту жыпIэмэ, УФ-м и Правительствэмрэ иджырей властымрэ ирагъэкIуэкI политикэмкIэ мыарэзыуэ, ди партым и Комитет нэхъыщхьэм и къыхуеджэныгъэкIэ, къэралым и коммунист псори нобэ уэрамхэм къыдыхьащ. Медицинэм, щIэныгъэм я IэнатIэхэр зэтощахэ, щIалэгъуалэм я пщэдейр зэIумыбзщ, цIыхухэр я псэупIэхэм къыщIаху, ЖКХ-м и Iуэхутхьэбзэхэм я уасэм хэхъуэ зэпытщ, пенсэхэр мыхьэнэншэщ, зи сабиигъуэр зауэ лыгъэм илыпщIахэм гулъытэ ягъуэтыркъым. Властым жиIэмрэ ищIэмрэ зэрызэтемыхуэм цIыхухэр егъэгубжь. Ахэр щIохъуэпс захуагъэ здэщыIэ, пэжыр щытепщэ къэрал лъэщ щыпсэуну, — жиIащ Пащты Борис. — Мы щIыпIэр ауэ сытми къыхэтхакъым, «Родина» кинотеатрым и гупэм деж дыщызэхуэсащ дызыхэт гугъуехьхэр зэхуэтIуэтэну, щысхьыншэу зэхафыщIэ ди Хэкум и къэкIуэнум, дяпэкIэ ди псэукIэ хъунум дрипIейтейуэ. Республикэм и коммунистхэм дыдоIыгъ УФ-м и Правительствэр трагъэкIын папщIэ, цIыхухэм я IэщIэдзхэр зэхуэхьэсыным теухуауэ ди Комитет нэхъыщхьэм къыхилъхьар. Нобэ ирихьэлIэу а тхылъым минитIым щIигъум арэзыуэ Iэ щIадзащ. Мыкоммунистхэри мы Iуэхум жыджэру хэтщ. И пэублэ псалъэм и ужькIэ рескомым и япэ секретарыр къызэхуэсахэм къахуеджащ КПРФ-м и ЦК-м и Президиумым цIыхухэм Зэрызахуигъазэм. Урысейм щытыкIэр щызэщIэплъэ зэпытщ. Властыр зыIэщIыхьахэм, къулыкъукIэ зэхъуажэурэ, 1992 гъэ лъандэрэ цIыхубэр тхьэмыщкIагъэм, къэралыр социально-экономикэ кризис хьэлъэм хуашэ. Урысей къэралыгъуэм и лъэр щIауд, ар лъэлъэжынкIэ шынагъуэ щыIэщ. Абы къыхэкIыу, Урысей Федерацэм и Компартым Къэрал Думэм щиIэ фракцэм УФ-м и Правительствэм дзыхь зэрыхуимыщIым теухуа Iуэхугъуэ къыхилъхьэну и мурадщ. «Правительствэр текIын щIыхуейм и щхьэусыгъуипщI» жаIэу Къэрал Думэм и депутат зыбжанэм ягъэхьэзыра Зэрызыхуагъазэр жылагъуэм я деж щызэлъащIысащ. Абы пэжу икIи зэпкърыхауэ щыгъэбелджылащ Урысейр щыхупIэм хуэзыша властым и къуаншагъэхэр. А тхылъым иджыри властым зи дзыхь езыгъэз цIыху мелуанхэм IупщI ящещI нобэ ирагъэкIуэкI политикэ шынагъуэр зыхуэдэр, ди Хэкум и хъугъуэфIыгъуэ гъэтIылъыгъэхэм КъуэкIыпIэр зэрыхагъэджэгухьыр. КПРФ-м и мурадыр бэм я деж нэфхьэсын папщIэ, хъыбарегъащIэ Iэмалхэр, Интернетыр, ди депутатхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я зэIущIэхэр я лъабжьэу, партым и къудамэ псоми фи зэфIэкIыр къэвгъэсэбэпыну фыкъыхудоджэ. Ар мы мазэ гъунэгъухэм мыхьэнэшхуэ зиIэ ди политикэ къалэнщ, — щыжеIэ компартым и ЦК-м и Президиумым цIыхухэм Зэрызахуигъазэм. Къызэхуэсахэм зэдэарэзыуэ ар къащтащ. ПэкIур езыгъэкIуэкIа, «Зауэм и щIэблэхэр» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщI Щэуей Мидэ зэпкърыхауэ къытеувыIащ зи сабиигъуэр Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэ хьэлъэм хиубыдахэм я псэукIэр зыхуэдэм, ахэр нобэ зыгъэпIейтейхэмрэ я гукъеуэхэмрэ. — Дэ, зауэм и бынхэр, коммунистхэм, дызэхэзыщIыкI нэхъыжьыфIхэм дащIыгъуу нобэрей зэIущIэм дыхэтщ. ДыщIызэхуэсар Урысейм и властхэм гулъытэншэ дызэращIырщ. УФ-м и Президентым, Правительствэм, «Урысей зэкъуэт» партым и депутатхэм захудогъазэ зауэм и щIэблэхэм я статусым теухуауэ коммунистхэм ягъэхьэзыра законопроектым Къэрал Думэр щыхэплъэкIэ зэран мыхъунхэу. Сыту жыпIэмэ, а лъэхъэнэ гугъум халъхуахэр жэщ-махуэ ямыIэу фронтым хуэлэжьащ, зэрыпхъуакIуэхэм зэхакъута цIыхубэ хозяйствэр зэфIэгъэувэжыным я гуащIэшхуэ халъхьащ. IэнатIэмрэ еджэнымрэ здахьурэ, лъагапIэ ин дыдэхэм куэдыр нэсыфащ. Ахэращ промышленностыр къэзыIэтар, ди хэкур лъэщ, быдэ зыщIар. ЩIэпсэуари зыхуэпсэуари ди пщэдейрщ, ди къэкIуэнурщ. Ауэ, къэралыр зыкъутэжахэм я зэранкIэ, псори кIуэдыжащ, фIыщIи, щытхъуи, гъащIэ тэмэми ямыIэжу къызэхэнащ,- къыхигъэщащ къэпсэлъам. — Апхуэдизу Хэкум хуэлэжьахэр лей хъуауэ, я щхьэр зэрахьэ, бампIэм икIуэдыкIхэри мащIэкъым. Мис аращ нобэ дыкъызэрызэхэнамрэ дызыхуаша псэукIэмрэ зыхуэдэм икIэм-икIэжым властхэм гу лъатэн хуейуэ къыщIэдгъэувыр. Щэуей Мидэ къеджащ зауэм и щIэблэхэм федеральнэ статус етыным, теухуауэ коммунистхэм ягъэхьэзыра законопроектыр зэрыдаIыгъ Зэрызыхуагъазэм. Абы мыпхуэдэу итщ: «Дэ, пэкIум хэтхэм, пэжагъымрэ захуагъэмрэ я телъхьэ псоми хуэдэу, УФ-м и Президентым, Правительствэм, «Урысей зэкъуэт» партым Къэрал Думэм щиIэ фракцэм щыщхэм яхудогъэув зауэм и щIэблэхэм федеральнэ статус етыным, «Ветеранхэм я IуэхукIэ» ФЗ-м и 2-нэ, 20-нэ статьяхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ коммунистхэм ягъэхьэзыра законопроектым нэхъ пасэу хэплъэну, апхуэдэу зауэм и бынхэм социальнэу защIэгъэкъуэным хуэунэтIауэ къэдгъэувхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм, республикэм и Парламентымрэ Правительствэмрэ къыддащтэну. Дэ къыдгурыIуэркъым зи сабиигъуэр зауэ лъэхъэнэ хьэлъэм хиубыдахэр, абы и хьэзаб псори зышэчахэр лей щIэхъуар. Зи къэжэпхъыгъуэр лIэщIыгъуэ кIуам и 30 — 40 гъэхэм хиубыдахэм гъейри, мэжэщIалIагъэри, уаери, шэкъэуэжхэри, зеиншагъэри ягъэунэхуащ. ЩIэныгъэм хуэнэхъуеиншэти, лэжьыгъэм и нэхъ гугъури еджэнри зэдахьащ, ехъулIэныгъэ инхэр зыIэрагъэхьащ. А зэман хьэлъэм халъхуахэрщ промышленностыр къэзыIэтыжу ди хэкур лъэщ, быдэ, бийр зыфIэлIыкI, щIэныгъэм, гъуазджэм, спортым щыпэрыт зыщIар, апхуэдэу республикэм зезыгъэузэщIар. Загъэпсэхуну щытIысыжам я Iуэхур Iеякъым, хуагъэува пенсэм хъарзынэу ирикъурт. Ауэ зэблэкIыгъуэ зэманым хуэзэу пенсэм кIуахэр губгъуэм къинащ, хэкур апхуэдизу зыхуэныкъуэу щытахэр лей дыдэ хъуащ. Къыхуаший сом бжыгъэр зыщIыпIи нэсыркъым. Дэ хэкъузауэ долъэIу зауэм и бынхэм я социальнэ статусым и Iуэхум республикэм и Парламентым и зэIущIэм щыхэплъэну икIи зыхуэфащэ унафэ къыщащтэну. Зауэм и щIэблэхэр федеральнэ льготэ зиIэхэм я реестрым хагъэхьэн папщIэ, «Ветеранхэм я IуэхукIэ» ФЗ-м и 2-нэ, 20-нэ статьяхэм зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьэну игъуэ хъуащ. Иджыпсту унафэр зыIэщIэлъхэм дызыхащIыкIыну дыщогугъ». Къызэхуэсахэм Зэрызыхуагъазэр зэдэарэзыуэ къащтащ. Апхуэдэу пэкIум къыщаIэта Iуэхугъуэхэр диIыгъыу къэпсэлъащ икIи я Зэрызыхуагъазэм къеджащ ЩIэныгъэлIхэм я урысей обществэм (социальнэ унэтIыныгъэ зиIэм) и щIыналъэ къудамэм и лIыкIуэ Асанов Виктор, нэгъуэщIхэри. ПэкIум хэтахэм къыхагъэщащ пэжыр пхагъэкIын, цIыхухэм псэукIэ тэмэм яIэн папщIэ, нэхъри зэкъуэувэн, хабзэм къемызэгъ, хуитыныгъэр къызэпызыуд ныкъусаныгъэхэм ткIийуэ пэщIэтын зэрыхуейр, дяпэкIи абы зэрыхущIэкъунур. Хьэжыкъарэ Алик.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30412.txt" }
Кхъуейр къыхыдох Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм фIагъ и лъэныкъуэкIэ и саугъэтыр къэхьыным теухуауэ илъэс къэс ирагъэкIуэкI зэпеуэм «Дыщэ щхьэмыж» агроконцерныр жыджэру хэтщ. Мыгъэрейр «Урысейм и хьэпшып нэхъыфIу 100» программэм и урысейпсо зэхьэзэхуэм и 16-нэ щIыналъэ Iыхьэщ. Зэраубзыхуам тету, Къэбэрдей-Балъкъэрым и бизнес-инкубаторым и гъэлъэгъуапIэ пэшым бадзэуэгъуэм и 17-м щIыналъэ Iыхьэм хыхьа IуэхущIапIэхэм я IэдакъэщIэкIхэм я выставкэ зыубгъуа къыщызэрагъэпэщащ. «Дыщэ щхьэмыж» агроконцерным и цIэкIэ абы хэтащ «Шэ щIэмыхум щелэжь «Налшык» комбинат» ООО-р икIи и гъэшхэкI зэмылIэужьыгъуэхэр щигъэлъэгъуащ. Хэхауэ хэIущIыIу ищIащ шэжыпсым хэлъу зэрахьэ «Кабардинка» кхъуей плъыжь гъэгъуар. Ар куэд щIауэ Кавказым къыщагъэсэбэп Iэмалым тету, шэ щIэмыхум къыхащIыкI, белоккIэ, кальцийкIэ, витаминхэмрэ аминокислотахэмкIэ къулейщ, къарурэ къэуатрэ зыщIэлъ ерыскъы гъуэзэджэщ. Гъэлъэгъуэныгъэм еплъахэм «Дыщэ щхьэмыж» агроконцерным и IэдакъэщIэкIхэм я ефIэкIыныгъэм дихьэхыу зыхагъэгъуэзащ. ЩIыналъэ комиссэм продукцэр зыхуэдэр лъэныкъуэ куэдкIэ зэщхьэщыхауэ къепщытэ. Абы кърикIуам ипкъ иткIэ, КъБР-м и Iэтащхьэм и саугъэтыр текIуахэм хуагъэфэщэнущ, «Урысейм и хьэпшып нэхъыфIу 100» программэм и Урысейпсо зэпеуэм и кIэух Iыхьэм ягъэкIуэнухэр къыхахынущ. Ар «Къабзагъэр, шынагъуэншагъэр, фIагъыр зэманым игъэунэхуа унэтIыныгъэщ» къыхуеджэныгъэм щIэту екIуэкIынущ. ХЬЭВЭЯЩХЬЭ Заринэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30415.txt" }
КъБР-м и Сабий фондым и тыгъэ Шэджэм районым хыхьэ Щхьэлыкъуэ къуажэм щыпсэу бынунагъуэшхуэм тыгъэ хуащIащ жэм зэщIэс. Апхуэдэ саугъэтыр сабии 7-м я анэ ХъутIэ Сэтэней иритащ КъБР-м и Сабий фондым и унафэщI Умэ Светланэ. Абы зэрыжиIамкIэ, Сабий фондым къыбгъэдэкIыу апхуэдэу тыгъэ зыхуащIхэм ящыщу ХъутIэхэ я унагъуэр 50-нэщ. Жэм зэщIэсыр къащэхуащ КъБР-м и ХеящIэхэм я советым къыбгъэдэкIа мылъкумкIэ. «Республикэм и хеящIэ гупыр фондым иригъэкIуэкI псапащIэ Iуэхухэми игъэзэщIэн хуей программэ щхьэхуэхэми сытым дежи жыджэру хэтщ», — жиIащ Умэ Светланэ. Апхуэдэ тыгъэм щыгуфIыкIащ ХъутIэхэ я балигъхэри я сабийхэри. Иджы унагъуэм Iэмал яIэ хъуащ мэкъумэш лэжьыгъэм сабийхэр щапIыкIыну, дяпэкIэ а Iуэхум зрагъэужьынымкIи щIэдзапIэфIщ тыгъэ хуащIа жэмыр. КIарэ Элинэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30419.txt" }
Махуэ къэс шэ тонн 47-рэ Мы гъэм Къущхьэхъум Iэщышхуэу мин 30-м, мэлрэ бжэну мини 100-м щIигъу, шыуэ мини 6,5-м нэблагъэ щаIыгъщ. Махуэ къэс шэ тонн 47-рэ къаш. Ар нэгъабэ елъытауэ проценти 4-кIэ нэхъыбэщ. IэщIэвыщIэм я хьэлъагъым жэщ-махуэм грамм 500-м щIигъу хохъуэ. А бжыгъэри нэгъабэрейм проценти 6-кIэ щIегъу. Зэрагъэунэхуащи, гъэмахуэ хъупIэхэм Iэщыр уз зэрыцIалэхэм нэхъ щыхъума щохъу, витаминрэ минерал веществохэмрэ куэду зыхэлъ гъэшу къатым щыхохъуэ. КъищынэмыщIауэ, Къущхьэхъур къызэрагъэсэбэпым лэжьыгъэм текIуадэр хуэдитIкIэ егъэмащIэ, мэкъумылэм къахудегъахуэ. Мы гъэм гъэмахуэ хъупIэхэм былыму процентитIкIэ нэхъыбэ щаIыгъщ. Самченкэ Светланэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30421.txt" }
Унэжьхэм щIэсхэр щIэх Iэпхъуэну? УФ-м и Президентым накъыгъэ мазэм къыдигъэкIа указхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щагъэзащIэ. Абы хуагъэхьэзыра Iуэхугъуэхэм увыпIэ хэха щеубыд унэжьхэм щIэсхэр къыщIэгъэIэпхъукIыным. Мы къалэнхэр зэрагъэзащIэм республикэм и Iэтащхьэр ткIийуэ кIэлъоплъ. Къат мащIэу зэтет псэупIэхэр ухуэным, унэжьхэм цIыхухэр къыщIэгъэкIыным сом мелуан 224-рэ мин 796-рэ хухахыну Къэбэрдей-Балъкъэрым мы гъэм ита заявкэм ЖКХ-м щекIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэм я щIэгъэкъуэн фондым и правленэр мэкъуауэгъуэ кIуам и 10-м арэзы техъуащ. КъБР-м ЭнергетикэмкIэ, псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмрэ тариф политикэмкIэ и министерствэм псэупIэ хозяй-ствэмкIэ и къудамэм и унафэщI Уэлджыр Лидэ зэрыжиIамкIэ, ахъшэм и процент 30-р — сом мелуан 67-рэ мин 439-р — республикэм къыIэрыхьащ. Унэхэр щаухуэну щIыпIэхэр зэпеуэкIэ къыхахащ, фэтэрхэр къэзыщэхунухэм я аукционхэр зэрекIуэкIыну тхылъхэр хьэзырщ. Уэлджыр Лидэ къызэригъэлъэгъуамкIэ, нэгъабэ щIышылэм и 1-м ирихьэлIэу метр зэбгъузэнатIэ 42603,07-рэ хъу унэ зэтету 234-р кхъахэ хъуауэ къалъытащ. Мы гъэм программэм республикэм и муниципальнэ щIыналъэу 10 хэтщ — Нарткъалэ, Май, Прохладнэ, Тырныауз къалэхэр, Дзэлыкъуэ, Прохладнэ, Шэрэдж районхэр, Къубэ-Тэбэ, Ерокъуэ, Терекскэ къуажэ-хэр. Гузеевэ Индирэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30423.txt" }
Бюджет IуэхущIапIэхэм — хуэди 2,5-м нэблагъэкIэ Иужьрей илъэситхум къриубыдэу (2008 — 2013 гъ.гъ.) Къэбэрдей-Балъкъэрым ику ит улахуэм хуэдитIым нэскIэ щыхэхъуащ икIи 2013 гъэм и япэ мазихым и кIэм ирихьэлIэу сом мин 18-м щIигъуащ. Зи гугъу тщIы зэманым бюджет IуэхущIапIэхэм нэхъ псынщIэу — хуэди 2,5-м нэблагъэкIэ — улахуэм щыхэхъуащ. «Къэрал социальнэ политикэр гъэзэщIэнымкIэ лэжьыпхъэхэм я IуэхукIэ» 2012 гъэм накъыгъэм и 7-м УФ-м и Президентым къыдигъэкIа Указым зэрыщыубзыхуам хуэдэу, бюджет IэнатIэхэм (егъэджэныгъэм, узыншагъэр хъумэным, щэнхабзэм) улахуэм ику иту процент 30 — 35-кIэ щыхэхъуащ. 2013 — 2016 гъэхэм социальнэ IуэхущIапIэхэм ику ит улахуэр аргуэру хуэди 2,3-кIэ къыщаIэтынущ икIи ику иту республикэм къыщахьым нэсынущ, — къыщыджаIащ КъБР-м Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм, бжыгъэхэр я тегъэщIапIэу. Бюджет IэнатIэхэм улахуэм зэрыщыхагъэхъуам и фIыгъэкIэ, псэун папщIэ зыхуейм нэхърэ нэхъ мащIэ фIэкIа къэзымыхь цIыхухэм я бжыгъэм кIэрыхунущ. Къэрэщей Элеонорэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30426.txt" }
Нобэ Хиросимэ и махуэщ. Ядернэ Iэщэр мыдэным и дунейпсо махуэщ. 1945 гъэм Японием и Хиросимэ къалэм США-м и кхъухьлъатэм атомнэ бомбэ щридзыхащ — дунейм щыяпэу а Iэщэ лIэужьыгъуэр къигъэсэбэпащ. «Дунейм и дохутырхэр мамырыгъэм и телъхьэщ» дунейпсо махуэщ ГъущI гъуэгум къулыкъу щызыщIэ дзэхэм я махуэщ. 1851 гъэм шыщхьэIум и 6-м урысей пащтыхь Николай Езанэм унафэ ищIащ къэралым япэ гъущI гъуэгухэр щыукъуэдииным елэжьыну дзэхэр къызэгъэпэщыным теухуауэ. Аращ УФ-м и Президентым 2006 гъэм накъыгъэм и 31-м къыдигъэкIа унафэм лъабжьэ хуэхъуар. 1941 гъэм ВЛКСМ-м и обкомым унафэ ищIащ республикэм и щIалэгъуалэм ящыщу Дзэ Плъыжьым связист 400 хуагъэхьэзырыну. Тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Къасым Алий къызэралъхурэ илъэс 86-рэ ирокъу. УэрэджыIакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Хьэрэдурэ Динэ къыщалъхуа махуэщ. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 24 — 27-рэ, жэщым градус 17 — 19 щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30428.txt" }
Мэкъумэш щIапIэу гектар мин 65-рэ КъБР-м и мылъкум къыхохьэ КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен иригъэкIуэкIа зэIущIэм щытепсэлъыхьащ федеральнэ мылъкум къыхэкIыу КъБР-м и мылъкум мэкъумэш щIапIэхэр къыхагъэхьэным теухуа Iуэхум. КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Марьяш Иринэ зэрыжиIамкIэ, зи гугъу ящIар мэкъумэш щIапIэу гектар мин 65-щ. — Дэ ди къалэныр а щIыр ди щIыналъэм и мылъкум къыхэдгъэхьэнырщ икIи и унафэ тщIынырщ, къызэрыдгъэсэбэпым къит хэхъуэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и бюджетым къэдгъэкIуэнырщ. Нэхъыщхьэращи, ар щIэгъэкъуэн хуэхъунущ щIы реформэр пхыгъэкIыным, — къыхигъэщхьэхукIащ япэ вице-премьерым. Абы и псалъэхэм ятепщIыхьмэ, ищхьэкIэ щытепсэлъыхьа икIи арэзы къыщытехъуа иужь, КъБР-м и унафэщIхэм «гъуэгу картэ» зэхалъхьащ икIи ар гъэзэщIэнымкIэ жэуап зыхьхэр ягъэбелджылащ. ЩIы гектар мин 15 КъБР-м и мылъкум къыхэгъэхьэным теухуауэ УФ-м и Правительствэм къыдигъэкIыну унафэм и проектыр мы зэманым зэрагъэкIу. А щIыхэр республикэм къратыжыным теухуауэ кIэух унафэр 2014 гъэм и мазаем къыдагъэкIыну я мурадщ. ЗэIущIэм апхуэдэу хэтащ КъБР-м и Къэрал чэнджэщэгъу Къармокъуэ Хьэчим, къэрал мылъкумрэ щIы IуэхухэмкIэ министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Тонконог Аннэ, Къэрал мылъкур зехьэнымкIэ федеральнэ агентствэм щIыналъэ къудамэм КъБР-м щыIэм и унафэщIым и къуэдзэ Ульбашевэ Еленэ сымэ. КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30430.txt" }
Бахъсэндэсхэм я топ 88-рэ Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и гуп нэхъыщхьэм щекIуэкI зэхьэзэхуэм и етIощIанэ джэгугъуэр зэхэтащ. Абы топи 8 зэуэ зы зэIущIэм щыдигъэкIыу щытекIуа «Бахъсэным» етIуанэ увыпIэр щиубыдащ. А зыращ пашэныгъэр зыIыгъ «ЛогоВАЗ»-м лъэщIыхьэжыфыну зэкIэ Iэмал зиIэр. «Бахъсэным» и гъуащхьауэхэм хуэдэ мыгъэрей зэхьэзэхуэм щыгъуэтыгъуейщ. ЖыпIэну ирикъунщ джэгугъуэ 20-м абыхэм топ 88-рэ зэрыщыдагъэкIар — ар ику иту зэIущIэ къэс топи 4,4-рэ мэхъур. Адрейхэр бахъсэндэсхэм куэдкIэ къакIэроху. Къапщтэмэ, топ 33-кIэ абыхэм нэхърэ нэхъ мащIэ дигъэкIащ зэхьэзэхуэм бжьыпэр щызыIыгъ «ЛогоВАЗ»-м. Пэжщ, джэгугъуэ кIуам бабугентдэсхэм я лъэкI къагъэнакъым — Нарткъалэ щыIэу «Нарт»-м и гъуэр 7 хагъэщIащ. Топи 8 щыдагъэкIащ Къэхъуни. ПлIэнейрэ къыхэжаныкIыу 4:0-у япэ ища къэхъундэсхэр адэкIэ бэлэрыгъыжащ икIи Щхьэлыкъуэ къикIахэм топищ къыхудагъэкIыжа иужькIэщ етхуанэу гъуэр къыщащтар. Мы зэIущIэм хуабжьу щыжыджэращ нэгъабэрей зэхьэзэхуэм и гъуащхьауэ нэхъыфI хъуа ШащIэ Беслъэн. «ДЕР»-м а пщыхьэщхьэм абы топиплI щыхудигъэкIащ. Абы щыгъуэми ШащIэр зэкIэ лъэщIыхьакъым мыгъэрей зэпеуэм щыпашэ Жэбэтыр Ратмир. БлэкIа зэIущIэм къыщыхэжаныкIыну Iэмал имыIами, «Къэбэрдейм» и гъуащхьауэр иужь къитхэм иджыри топищкIэ япэ итщ. АдэкIэ щыгъуазэ фыхуэтщIынщ Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и чемпионатым и зи чэзу джэгугъуэм кърикIуа бжыгъэхэм: «Автозапчасть» (Бахъсэн) — «Къэбэрдей» (Шэрэдж Ищхъэрэ) — 4:2, «Кэнжэ» (Кэнжэ) — «Ислъэмей» (Ислъэмей) — 2:2, «Тэрч» (Тэрч), «Велес» (Къэрэгъэш) — 3:4, «ГидроЭС» (Налшык) — «Шэджэм-2» (Шэджэм ЕтIуанэ) — 1:3, «Эльбрус» (Тырныауз) — «Спартак-Д» (Налшык) — 1:3, «Нарт» (Нарткъалэ) — «ЛогоВАЗ» (Бабугент) — 2:7, «Къэхъун» (Къэхъун) — «ДЕР» (Щхьэлыкъуэ) — 5:3, «Бахъсэн» (Бахъсэн) — «Шагъдий» (Налшык) — 8:0, «СК-Союз-Сэрмакъ» (Сэрмакъ) — «Прохладнэ» (Прохладнэ) — 3:3. Хьэтау Ислъам.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30435.txt" }
Зеикъуэ бгъуэнщIагъым и щэхухэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и бгылъэ щIыпIэхэм иджыблагъэ къыщагъуэта бгъуэнщIагъ телъыджэхэм дихьэххэр кIуэ пэтми нэхъыбэ мэхъу. Абыхэм иджы къахэхъуащ РЕН ТВ телеканалым и корреспондентхэри. Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Зеикъуэ къуажэм къыщхьэщыт бгыхэм кIуэцIыгъэпщкIухьа гъуэ гъэщIэгъуэнхэм я лъэужьыр япэу къэзыхутар республикэм фIыуэ къыщацIыху лъахэхутэ зэщхьэгъусэхэу Котляровхэ Мариерэ Викторрэщ. Сытым дежи абыхэм дэIэпыкъуэгъу яхуохъу мы щIыпIэхэм фIыуэ щыгъуазэ, лъагъуныгъэшхуи яхузиIэ Жэмыхъуэ Артур. БгъуэнщIагъхэр къэхутэн Iуэхум къежьапIэ хуэхъуащ Iуащхьэхэм адэ-мыдэкIэ щыкIэрыщIыхьа, нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэхэм къагъэсэбэпу щыта нагъыщэхэр. — Ахэр Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм Къэбэрдей-Балъкъэрым ита «Эдельвейс» дивизэм и фочауэхэр иригъуазэн папщIэ, мэгъу Iэзэгъуэ щэхухэм ирилажьэу (оккультизмэм), «Аненербе» («Адэжьхэм я щIэин») нацист зэгухьэныгъэм хэт цIыхухэм зи гугъу тщIы Iуащхьэ щыгухэм тращIыхьащ, — жеIэ Котляров Виктор. — Гитлер и унафэ гъэпщкIуам ипкъ иткIэ, зи гугъу тщIы гупым хэтхэм къалэн щащIауэ щытащ Кавказым и бгъуэнщIагъхэм ящыщ зым къыщIанауэ зыхуагъэфащэ Грааль и фалъэр къагъуэтыжыну. КъэхутакIуэхэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, Зеикъуэ бгъуэнщIагъыр щIыуэпсым къигъэщIхэм ещхькъым. Хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ ар IэрыщIщ. Бгым и папцIапIэ дыдэм деж зыкъыщызэIузых гъуэр зэпэщыт мывэ пхъэбгъуитIу дэщIеящ. Апхуэдэу а щIыпIэм пэмыжыжьэу къахута нэгъуэщI IэрыщI ихьэпIэ зыбжанэм метр 36-рэ зи бгъуагъ, щIы щIагъым щIащIыхьа пэшышхуэм ущIашэ. Абы и зы блынымрэ и унащхьэмрэ джафабзэу трахъукIащ. КъагъуэтагъащIэ бгъуэнщIагъыр жьы кIуапIэу зэрыщытым Котляров зэщхьэгъусэхэм шэч къытрахьэркъым. Абы и щыхьэтщ ар зэрыбгъузэри зэпымыууэ абыкIэ хьэуа къабзэ зэрыщызекIуэри. — Гъуэ теплъэ зиIэ бгъуэнщIагъыр зэраухуэрэ илъэс мин зыбжанэ мэхъу, — жеIэ Котляров Виктор. — ДэркIэ гурыIуэгъуэкъым ухуэныгъэм ехьэлIауэ а зэманым щыIа Iэмалхэр сыт хуэдэми. Бахъсэн куей администрацэм и унафэщIым и къуэдзэ Iэхъуэбэч Анзор къызэрыхигъэщамкIэ, Зеикъуэ къуажэм и Iэгъуэблагъэм тхыдэ-щэнхабзэ мыхьэнэ зиIэ, IуэрыIуатэм щыщ хъужа, хъыбарыжьхэр къэзыгъэпсэужын щIыпIэхэр и куэдщ. Къанло Хъандусар.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30437.txt" }
Гуп къыхэхам ирагъэблагъэ Пензэ къалэм щекIуэкIа Урысейм и школакIуэхэм я еханэ гъэмахуэ спартакиадэм къэралым и еджакIуэ 200-м щIигъу хэтащ. КИФЩI-м и командэ къыхэхам хэту абы я зэфIэкI щагъэлъэгъуащ Бабугент къуажэм и «Бастион» клубым и гъэсэнхэм. Удэзыхьэх зэIущIэ екIухэр иригъэкIуэкIри, спартакиадэм ныбжьыщIэ нэхъыжьхэм боксымкIэ я зэхьэзэхуэм дыщэ медаль къыщихьащ спортымкIэ мастерым и кандидат Туменов Биберт. Абы Урысейм спортымкIэ и министерствэм и саугъэт лъапIэри къратащ. Бозиев Хьэрун етIуанэ увыпIэр иубыдащ. Медалхэм къищынэмыщIауэ, Туменовымрэ Бозиевымрэ Урысейм и ныбжьыщIэхэм я командэ къыхэхам хагъэхьащ. Кужоновэ Эльмирэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30439.txt" }
НыбжьыщIэ 200-м нэблагъэ хэту Бахъсэн куейм хыхьэ Къубэ-Тэбэ къуажэм щригъэкIуэкIа «Кавказ джэгухэр» район фестивалым нэхъыфIхэр наIуэ щыхъуащ. Абы хэта спортсмен 200-м нэблагъэр спорт лIэужьыгъуэу 8-кIэ зэпеуащ. — Муниципальнэ зэгухьэныгъэхэм ящыщу япэу «Кавказ джэгухэр» зэхэзыублар Бахъсэн куейрщ. Абы щхьэусыгъуэ иIэщ. Фи спортсменхэм ящыщ куэдым фестивалым и кавказ ищхъэрэ Iыхьэм текIуэны-гъэхэр къыщахьащ, — жиIащ КъБР-м спортымрэ туризмэмкIэ и министерствэм физическэ щэнхабзэмрэ спортымрэ зегъэужьынымкIэ и къудамэм и унафэщI Анаев Аслъэн. Район зэхьэзэхуэр къыщызэIуахым спортсменхэм ехъулIэныгъэхэр зыIэрагъэхьэмэ зэригуапэр яжриIащ район администрацэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Iэхъуэбэч Анзор. БашкIэ зекIуэным щытекIуащ Кыщпэк къуажэм щыщ Къанкъул Ислъам, кIапсэкIэ дэпщеиным бжьыпэр щиубыдащ Къубэ-Тэбэ и лIыкIуэ Гугъуэт Тимур, шабзэкIэ уэным Согуэ Риммэрэ (Зеикъуэ) Мэлбахъуэ Мухьэмэдрэ (Къубэ-Тэбэ) я хьэрхуэрэгъухэм ефIэкIащ. Къару троеборьем щытекIуащ ПщыхьэщIэ Iэхьед (Къулъкъужын Ищхъэрэ), КIасэ Азэмэт (Къубэ-Тэбэ) хьэлъэ гъэIэпхъуэнымкIэ зэпеуэм къыпэлъэща къахэкIакъым. Армспорт зэхьэзэхуэм бжьыпэр щаубыдащ ТхьэмылIокъуэ Ислъам (кг 80-м щIигъу зи хьэлъагъ, Бахъсэненкэ), Шыбзыхъуэ Елдар (кг 80, Ислъэмей), Къуэдзокъуэ Анзор (кг 65-рэ, Зеикъуэ). Пелуанхэм я деж щытекIуащ килограмм 50-р 62-рэ къэзыIэта зеикъуэдэс Хьэмырзэ Мухьэмэд. КIапсэ зэпекъум Зеикъуэ щыщхэм бжьыпэр щаубыдащ, Куба и командэ къыхэхам етIуанэ, кыщпэкдэсхэм ещанэ увыпIэхэр ялъысащ. Фестивалым щытекIуахэм Бахъсэн районым и спорт комитетым и щIыхь тхылъхэр, кубокхэмрэ медалхэмрэ иратащ. АдэкIэ ахэр хэтынущ «Кавказ джэгухэм» и республикэ зэпеуэм. Алокъуэ Аринэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30441.txt" }
ЩIалэгъуэ ДызыгъэпIейтей Iуэху ЦIыхугъэм нэхъапэ щыIэ? Лъэпкъ куэдым гъэсэныгъэкIэ, хьэл-щэнкIэ, нэмыскIэ, хабзэ дахэкIэ ефIэкIыу, щапхъэу ягъэлъагъуэу щыта адыгэм сыту пIэрэ нобэ ди псэукIэр? Ди жагъуэ зэрыхъунщи, пщIэ, нэмыс, шыIэныгъэ ядэплъагъужкъым ди цIыхухэм, я жьэм къыжьэдэкIынур акъылым и кхъузанэм щIагъэкIыну куэдым я щхьэ ирапэсыххэркъым. Сыт абы дыхуэзышар, щхьэ лъэпкъыр «жьгъей» дыхъуу щIэддза? Мылъкум къишэ нэпсеягъэр мыIухуу зи нэм телъ цIыхухэм я псэлъэкIэри, я зыщIыкIэри, гупсысэкIэри, зекIуэкIэри куэдкIэ къыщхьэщокI къулейсызым. Пагагъэр къатокIуэ, зы унагъуэ исхэр, зэблагъэ-зэIыхьлыхэр зэмызэгъыж, зэрымылъагъуж хъуащ. Нэкууи напIэуи яIэри ялъагъури мылъкурщ, я гупсысэр зытраухуэр ар нэхъыбэ зэращIын, зэрагъэбэгъуэн Iэмалхэрщ. Мылъкум, нэпсеягъэм жылагъуэ зэщхьэщыкIыныгъэр, зэхэгъэжыр къишащ. Адыгэ нэсым цIыхугъэм игъэнэхъапэ зыри щыIэтэкъым. Хуабжьу уегъэгумэщI зы унагъуэу тIысыжыну мурад зыщIа ныбжьыщIитIыр зэрызэхуэфащэр мылъкукIэ къыщапщытэкIэ. Ди цIыхубзхэм нэхъ дахэрэ нэхъ гуакIуэрэ щымыIэу жызыIэр адыгэ лъэпкъым къыхэкIахэм я закъуэкъым, ар зэрыдунейуэ щыхьэт зытехъуа Iуэхущ. 1921 гъэм Налшык къэкIуауэ щытащ Азие Курытым и дзэ округым и Iэтащхьэ Фрунзе Михаил. Адыгэ бзылъхугъэхэм ятхьэкъуа щIалэм мыпхуэдэу жиIауэ щытащ: «Мы дунейм тету си фIэщ хъуркъым адыгэ бзылъхугъэхэм нэхъ дахэрэ лъагъугъуафIэрэ. Я набдзэхэр фIыцIэ къурашэу, я нэкIухэр хъурейуэ, ябгхэр псыгъуэрэ я щхьэцыгъуэ дахэр ухуэнарэ лъэдакъэпэм нэсу». Хамэми хэгъэрейми ягъэщIагъуэ псэ къабзагъэмрэ хьэлщэн дахэмрэ дэнэу пIэрэ здэкIуар? Иджырей бзылъхугъэм и теплъэм, хьэлым куэдкIэ зихъуэжащ. Муслъымэн динымрэ адыгэ хабзэмрэ «зы жьэу» жаIэ бзылъхугъэр ныкъуэхуапэу уэрамым къыдыхьэ зэрымыхъунур. ЦIыхубзыр зыгъэдахэр и гъэсэныгъэрщ, хэлъ нэмысырщ. Къалэм щIыкIей щыхъухэри мащIэкъым, я щхьэцыр, Iэбжьанэр, нэкIур апхуэдизкIэ зэхацIалэри, ныбжь зиIэмрэ зи щIалэгъуэмрэ пхузэхэмыцIыхукIыжу укъагъэIэнкун. Куэд зылъэгъуар, зыхуей хуэзащэр щокI, мыбыхэм я Iуэхури арагъэнущ. Зэгъунэгъухэр, зы хьэблэм дэсхэр зэблагъэ-Iыхьлыхэм нэхърэ нэхъ зэкIэлъыкIуэу, нэхъыфIу зэрылъагъуу, зым имыIэмкIэ адрейм зыщIигъакъуэу, я Iэгу я Iэнэу, зэхэщIыкI яIэрэ зэрыIыгъыу щытащ. Иджы зэгъунэгъухэр къэгъэнауэ, нобэ зы унагъуэ исхэр щызэгурымыIуэ куэдрэ урохьэлIэ. ЩIалэгъуалэм я уэрам дэтыкIэм, я автобус исыкIэм уимыгъэукIытэу къанэркъым. Псэ зыIут псоми хабзэ гуэр яхэлъщ, ауэ Алыхьым и къэгъэщIыгъэм щыщу нэхъыфIу къалъытэ цIыхум и гъащIэ хабзэхэр IэщIыб ищI зэпытщ. ИхъуреягъкIэ зуплъыхьмэ, узыгъэнэщхъей, куууэ ухэзыгъэгупсысыхь куэд щыболъагъу, ауэ абы къикIыркъым псори зэфэзэщу икIэу, фIы димыIэу. а фIы тIэкIурщ лъэпкъыр нобэми зыгъэпсэур. Ди Iуэхум куууэ сегупсыса нэужь, мы упщIэр гущIыIу къысфIохъу: къэхъуну пIэрэ зэман ди щIалэгъуалэм адыгэ хабзэр щызэхалъхьэжын, нэхъыжьым хуэфащэ пщIэ хуащIыфрэ нэхъыщIэм я гъуэгугъэлъагъуэу щытыфхэу? Адыгэм игъащIэм и хабзэщ жьы хъуахэм пщIэ хуащIрэ ягъэлъапIэу. ЩIалэгъуалэм къуаншагъэ псор ятетлъхьэу дрихъущIэкIэ зэфIэкIынукъым, дэтхэнэми ди къалэнщ къыдэкIуэтей щIэблэм гъэсэныгъэ яхэтлъхьэну, зэрытхузэфIэкIкIэ унэми, уэрамми, автобусхэм зэрисыпхъэмкIи дечэнджэщыну. КъыдэкIуэтей щIэблэр мыхъумыщIэмэ, зи лажьэр дэращ. Уэрамым игъэсамрэ унагъуэм щапIа сабиймрэ шурэ лъэсрэ я зэхуакущ. ЩIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ унагъуэ къалэным хуэIэкIуэлъакIуэу лэжьыгъэм щIэпIыкIын хуейщ. ЩIалэгъуалэм унэми, еджапIэми, уэрамыми дащыхуэсакъыпхъэщ, си благъэ-уи благъэ хэмыту, лъэпкъым и быныр гъуэгу захуэ тегъэувэнымкIэ дызэкъуэвгъэувэ. «Нэмыс здэщымыIэм, насып щыIэкъым». КъэкIуэну дахэ диIэну дыхуеймэ, жьыи щIэи дызэкъуэвгъэуви, ди лъэпкъ уардэм хуэфащэ бын дывгъэгъасэ. Мэкъуауэ Iэмырбий. Ди хьэщIэщым Лъэпкъыпсэм и хьэуар къыщIэхъуэ щIэблэрщ УэрэджыIакIуэ, тхакIуэ, артист, щIэблэ IэпщIэлъапщIэ, щIэныгъэм, политикэм хэзыщIыкI — иджырей щIалэгъуалэр зыхуэмыIэкIуэлъакIуэ унэтIыныгъэ къэгъуэтыгъуейщ. УщымыгуфIыкIын плъэкIыркъым абыхэм ехъулIэныгъэфIхэр яIэу щыплъагъукIэ. Лъэпкъыпсэм и хьэуар, ар зэрыбауэр — къыщIэхъуэ щIэблэрщ. Псом хуэмыдэу уи гуапэ мэхъу къызыхэкIа лъэпкъым егъэщIылIа Iуэхухэм зи щIалэгъуэр хэту щыплъагъукIэ. Пщэдей уимыIэу пщэдеймыщкIэ уиIэнукъым, а пщэдейм и лъабжьэр щагъэтIылъ нобэм жыджэру лъэпкъ Iуэху зэрахуэу хэтщ «ЩIалэгъуэм» и хьэщIэщым къедгъэблэгъахэр. Ди адыгэ театрым и гъукIэгъэсэнхэр, гъэфIэнхэр, и къанхэр жысIэмэ, сыщыуэну къыщIэкIынкъым. Ахэр куэдым нэIуасэ яхуэхъуащ спектакль зэмылIэужьыгъуэхэм, адыгэ зэхуэсхэм, усэ пшыхьхэм я зэфIэкI щагъэлъагъуэу. Уи щIэблэм и Iуэху еплъыкIэр, и гупсысэкIэр зэбгъэщIэну сыт щыгъуи сэбэпщ. Сценэм щитым, роль щагъэзащIэм къищынэмыщIауэ, нэхъ гъунэгъуу зэдгъэцIыхун гуращэкIэ, зыхыхьа гупым, лъэпкъ театрыр къызэрыхахам теухуауэ, я мурадхэмрэ Iуэху еплъыкIэхэмкIэ къыддэгуашэмэ ди гуапэу захуэдгъэзащ. Лэжьыгъэ ятеухуауэ, къызэрыхаха щIыкIэрщ япэу дызыщIэупщIар. КIэбышэ Iэхьед КIэбышэ Iэхьед: — Илъэсищ ныбжьым щыщIэдзауэ артист IэщIагъэм сыдихьэхырти, гитарэ соуэ жысIэурэ, жыхапхъэу диIэр сфыщIу щытащ. НобэкIэ Iэмэпсымэ зэмылIэужьыгъуэхэм сызыхуей макъамэр къысхуогъэкI. Сыт щыгъуи адыгэбзэр сфIэфIу, нэхъ спэгъунэгъуу, абы ехьэлIа Iуэхухэм жыджэру сыхэту щытащ, иджыри аращ. Школым сыщыщIэс зэманым джэгуным, утыку итыным пэсщI щыIэтэкъым, ди егъэджакIуэхэм куэдрэ защыпысщIыж къэхъурт. Къафэ, уэрэд жыIэнкIэ къыстекIуэ щымыIэу секIуэкIырти, курыт школыр къыщызухым, Къэбэрдей-Балъкъэр университетым и адыгэбзэ къудамэм сыщIагъэтIысхьэну ди благъи-Iыхьлыи ялъэкI къагъэнакъым. АбыкIэ я гур щыIэурэ ГъуазджэхэмкIэ институтым сыщIэтIысхьэри, а гъэ дыдэм «Шэрджэс» студием Шыбзыхъуэ Басир и фIыгъэкIэ сыкъащтауэ щытащ. Лашынкъей ЩэнхабзэмкIэ дэт унэм и унафэщI Тэмазэ Iэуесщ щэнхабзэм хэсча япэ лъэ-бакъуэхэр зи фIыгъэр. ЕджапIэ нэхъыщхьэр къэзыуха нэужь, Шэджэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм методисту, иужькIэ режиссер нэхъыщхьэу илъэситIым нэблагъэкIэ сыщыIащ. ДэнэкIэ сыщыIэми, си гур театрымкIэ къысфIэкIуэ зэпытти, Шыбзыхъуэ Басир абы и унафэщIу щагъэувым къызэджэри, сыкъэкIуащ. Абы лъандэрэ махуэ къэс зы лъэбакъуэщIэкIэ нэхъыбэ зэрысчар, зы спектаклыщIэ дгъэувыху нэхъ ин сыхъуауэ, лъагапIэщIэхэр зэрызыIэрызгъыхьэр хьэкъ сщыхъужу щытщ. Мы гъэм илъэсиплI ирокъу лъэпкъ театрым сызэрыщылажьэри, зы махуэ сыхущIегъуэжакъым. ХьэхъупащIэ ФатIимэ ХьэхъупащIэ ФатIимэ: — ФэрыщIыгъэ хэслъхьэу къызыщыхъуни щыIэу къыщIэкIынщ, ауэ, сэ езым зэрысщIэжрэ, утыку итыныр, зыкъэгъэлъэгъуэныр сфIэфIу сыкъокIуэкI. Илъэсибл — илъэсий ныбжьым ситу, артист зэфIэкI сиIэу гу лъызыта си анэм си Iэпэр иубыдри, ЖьакIэмыхъу КIунэ къызэригъэпэща гупжьейм сишауэ щытащ. КIунэ цIыкIухэр зэрыригъаджэр адыгэбзэти, абы и фIыгъэкIэ сэри си анэдэлъхубзэм нэхъ сыхуэшэрыуэ хъуащ. Дауэ мыхъунрэ, си псэм пэгъунэгъу Iуэхур зэрызэрахьэ, абы щынэхъыщхьэ, щыпащтыхь бзэт ар. ГъуазджэхэмкIэ институтым сыщIэтIысхьа иужь, урыс гупымрэ адыгэ гупымрэ къахэсхын хуей щыхъум, адыгэм сыблэкIыфакъым. Зэманышхуэ мыхъуми, иджыри къэс къэскIуа гъуэгуанэм сыхущIегъуэжу зыри хэлъкъым. Нобэ ди лъэпкъ Iуэху зедмыхуэмэ, ди бзэкIэ дымыпсалъэмэ, ди театрхэм щIалэгъуалэр щымыджэгумэ, ди бзэр, лъэпкъыр кIуэдынущ. Бейтыгъуэн Жамболэт Бейтыгъуэн Жамболэт: — ЦIыхум къыхихыну IэщIагъэри зытеувэну гъуэгури зэлъытар къызыхэкIа унагъуэмрэ и адэ-анэм я дуней еплъыкIэмрэщ. Пэжыр жысIэнщи, си адэри актеркъым, си анэри утыкуакIуэкъым. СыщыцIыкIум артист сыхъуну зыми игу къэкIакъым. СыкъыдэкIуэтеихукIэ адыгэ Iуэхум, лъэпкъ тхыдэм сыдихьэх щыхъум, си натIэм илъым си гум сыхуишащ. Театрым япэ дыдэу сыщыджэгуар таурыхъщ, етIуанэу «Маржэ, сыщIэфлъхьэж» пьесэм Иуан Владимир и пIэкIэ сыхагъэхьауэ щытащ. ЗгъэзэщIа ролхэм ящыщу дэтхэнэри сэ сщыщ хъуащ, пэжу жаIэ роль цIыкIу зэрыщымыIэр. Дэтхэнэми зыщызмыгъэнщIу нэхъыбэм езгъэлъагъум, нэхъыбэм я деж си лIыхъужьым и хьэл-щэныр нэсхьэсмэ, си гуапэщ. — Сыт хуэдэ актерми езым и художественнэ образ къегъэщIыж, ар къытопщIыкIыж езым и хьэл-щэным, и цIыху щIыкIэм. Абы теухуауэ сыт къыджефIэн? КI. I.: — ОбразыщIэ къэбгъэщIыныр ауэ къызэрымыкIуэу Iуэху гугъущ, сэ си образхэр псом хуэмыдэу бэзэрхэрщ къызытесхыр, хэт и зекIуэкIэ, хэт и псэлъэкIэ, хэт и зыщIыкIэ къызощтэ. Нэхъыбэу спэгъунэгъум и гугъу пщIымэ, ар, шэч хэмылъу, комедиеращ. Нэхъ тыншууи къызохъулIэ, си псэми нэхъ къещтэ. СрахулIэмэ, сыт хуэдэ роли схуэгъэзэщIэну, сиувэфыну къыщIэкIынщ, ауэ комедием сыблэкIыфынукъым. ГушыIэныр гъащIэ хьэл схуэхъуагъэнщ. Псом нэхърэ нэхъыщхьэращи, артистым фIэщхъуныгъэшхуэ хэлъын хуейщ, къигъэщIым езыр щыщ гуэру, абы и щхьэ кърикIуэнум химыщIыкIыххэ хуэдэу. Арыншауэ театреплъхэм я фIэщ ухъунукъым. Хь. Ф.: — Зыри щхьэхуэу къысхухэхынукъым, ауэ сыт хуэдэ жанрым итами, гупсысэ куу, философие, щIагъыбзэ, акъыл зыхэлъ сыт хуэдэ ролри сфIэфIщ. Б. Ж.: — ПцIы хэмылъу трагедиер нэхъ къызощтэ. Абы цIыхум и гущIэр къетIэщIри, къызэщIеIэтэ, гупсысэщIэхэр, Iуэху еплъыкIэщIэхэр уегъэгъуэт. Иджыри къыздэсым трагедие сыджэгуакъым, ауэ сыхэтарэт жысIэу си нэр къокI. — Артистхэм нэхъыфIу цIыхур зылъагъурэ цIыхум и мыхъумыщIагъэ псори езыгъэлъагъужыфрэ щыIэу къыщIэкIынкъым. КъэвгъэщIыну фызыщIэхъуэпс роль нэхъыщхьэ дыдэмкIэ сытыт ди цIыхухэм ябгъэдэфлъхьэнур е зэрызахуэвгъэзэнур? КI. I.: — Театрым игъэзащIэ къалэным и гугъу пщIымэ, езы цIыхум гу зылъимытэж хьэл-щэн гуэрхэр едгъэлъагъужын хуейуэ къысщохъу. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, цIыхухэр нэхъ дэзыхьэхыр гушыIэрэ щIэнэкIалъэрэ зэбэкI спектаклхэрщ. Ауэ фIыщIэ яхузощI ди театрым, щэнхабзэм гулъытэ хуэзыщIхэм, дэ тщIэр къафIэIуэхуу къекIуалIэхэм. Хь. Ф.: — Ди цIыхухэм захуэзгъэзэну сыхуейт, сыт хуэдэ Iуэху яужь ихьэми, псалъэ гуэр къажьэдэкIынуми, фIыуэ егуп- сысыну, зэчэнджэщыжу итIанэ утыку ихьэну, зыр адрейм хуэсакъыжу, щысхь, зэхэщIыкI яхэлъу псэуну. Ар къыхэщу роль згъэзэщIами жысIэну сыхьэзырт. Б. Ж.: — Си фIэщ хъуркъым ди бзэм нэхъ дахэрэ IэфIрэ дуней псом тету. Абы уи гурыгъу-гурыщIэхэр кърипIуэтэныр сыт и уасэ?! Бзэр зыгъэдахэр зыIурылъырщ. ГущIэм къыщIэтхыу дызэрыпсалъэ бзэр зыгъэшэрыуэхэр нэхъыбэ хъуну, адыгэ унагъуэм адыгэбзэ щыIуу, адыгэ макъамэ щедаIуэу адыгэбзэкIэ тхылъ щеджэу щытыну сыхуейт. Лъэпкъым и бынхэм жаIэм нэхърэ ящIэр нэхъыбэу щызгъэтынут, сыхуитамэ. Ди псэлъэгъухэр псыкIантIэм ебгъапщэ хъуну къызолъытэ. Дэтхэнэ псыкIантIэми езым и къежьапIэ, и псынащхьэ иIэжщ, куэд елъытащ псынащхьэм и къабзагъым, и куууагъым, и IэфIагъым. Ауэ нэхъыбэж елъытащ а псыкIантIэ цIыкIур зрижэну къыхих, езым пхишыж гъуэгум, абы и хъуреягъым, езым и ерыщагъым. ЦIыхури аращ: лъэпкъым и псынащхьэм псыкIантIэ куэд къыщожьэ, щIыIэ хъужарэ зэнзэныпсу къабзэу. Хэти псышхуэм къабзэу нос, хэти псы инауэ къонэ, жьымрэ псымрэ къыIуащIа и гъуэгум емыныкъуэкъуфу, адрейхэр псы ежэх щхьэхуэ мэхъури псэ зыIутым сэбэп яхуохъу. Лъэпкъ Iуэху зэрахуэу, абы и пщэдейм зи гур хуэмыгъуэ щIалэгъуалэм гъуэгу махуэ теувэну дахуохъуахъуэ! Епсэлъар Щомахуэ Залинэщ. Хъыбар кIэщIхэр Сызэгуопри аращ Iэхуитлъэхуиту, жьым и гукъыдэжым зыдищIу къэзылъэтыхь хьэндырабгъуэр блэ фIыцIэ кIэ кIыхьым ирихужьэри, жэщ-махуэкIэ кърихуэкIащ. Хьэндырабгъуэр шынэрти къэувыIэ хъунутэкъым, зэрышынэм кърит къарум щIигъэIэрт, блэри емышыжу и кIэм итт. Махуэ ещанэм, къарууэ иIэр щIэкIауэ, адэкIэ зы мэскъал зэрыхузэфIэмыкIыжынур зыхищIэри, хьэндырабгъуэр езым ещхьыркъабзэ удз гъэгъа дахэм и къуакIэм тетIысхьэри, и ужь итым жриIащ: — СыбукIын и пэ къихуэу, упщIищ къудейкIэ зыпхуэзгъазэ хъуну пIэрэ? — Си хьэлкъым уэ пхуэдэ жьгъейхэм апхуэдэ Iэмал есту, ауэ хъунщ, седэIуэнщ уи уэсятым, жыIэ. — Хьэндырабгъуэ пшхы уи хабзэ? — Хьэуэ… — Си зэран уэкIа? — Хьэуэ… — НтIэ, щхьэ сыпшхыну сыкъепхуэкIрэ? — Сызэгуоп, хуиту къэплъэтыхьу, жьым узэрихьэу щыслъагъукIэ! Псом щыщи нэхъыбэIуэу Зэгуэр цIыхубзым пщIыхьэпIэ елъагъу, тыкуэным щIыхьарэ зиплъыхьу, тыкуэнтетыр езы Тхьэ дыдэрауэ. — Ди Тхьэ, ар уэра? — гуфIэ макъыр тэмакъым къыщIэгъуэлъхьауэ цIыхубзыр кIиящ. — Сэращ,- зэпIэзэрыту и жэуапыр къитыжащ мыдрейм. — Сыт уи деж къыщысщэху хъунур? — цIыхубз хьэлу темыпыIэу щIоупщIэ. — Сэ си деж сытри къыщыпхуэщэхунущ. — Абы щыгъуэ, кхъыIэ, псом щыщи нэхъыбэIуэу — узыншагъэ, насып, лъагъуныгъэ, ехъулIэныгъэ, ахъшэ куэду къызэт. Тхьэшхуэр мащIэу пыгуфIыкIри, цIыхубзыр зыщIэлъэIуахэр къыщIихыну пэш щхьэхуэкIэ щIыхьащ. Заул дэкIауэ, зыкIуэцIыпха цIыкIу закъуэ фIэкI имыIыгъыу къыщIэкIыжри, къыхуишиящ. — Мыра къызэптынур зэрыхъур? — губжьрэ мыарэзыныгъэрэ зэщIэлъу къопсалъэ цIыхубзыр. — УзыщIэлъэIуар мыращ зэрыхъур. Уэ умыщIауэ ара си тыкуэным жылэ фIэкI зэрыщамыщэр?.. ЗэныбжьэгъуитI И сабиигъуэм Аслъэн я гъунэгъу лIыжьым и гъусэу зэман куэд игъакIуэрт, жыпIэнуракъэ, махуэм жэщ хъуху и ужьым итт. Зэманыр псынщIэрыкIуэщ, Аслъэн ин хъухукIэ, дэзыхьэххэр нэхъ иныж хъуурэ, еджапIэти, ныбжьэгъути, итIанэ лэжьапIэти, зыр-зым къыпыувэурэ, лIыжьым бгъэдэсыну зэман имыIэжыххэ, къуажэм дэмыхьэж хъуащ. Ажалыр къожьэн, лIыжьыр зэрыщымыIэжым и щхьэкIуэ махуэ гуэрым къыхуэкIуащ щIалэм. Абы занщIэу и нэгу къыщIыхьэжащ лIыжьым и гъусэу игъэкIуа зэман дахэр, абы зыхуиущия, адэ папщIэу къыщхьэщытам къыжриIа псори. ЛIыжьыр щIалъхьэри, пщыхьэщхьэхуэкIуэу щIалэр дыхьэжащ илъэс Iэджэ щIауэ имылъэгъуа, иджы нэщIыпс хъуа пщIантIэм. Нэхъ кхъахэ зэрыхъуар хыумыбжэмэ, псори а зэрыщытат… Ауэ, дыщэпс тегъэлъэдауэ, сыт щыгъуи стIолыщхьэм тету щыта ашык плIимэ цIыкIур тетыжтэкъым. ЛIыжьым жиIэрейт а цIыкIум дэлъым нэхъ лъапIэ мы дунейм зэрыщимыIэр. Благъэ-Iыхьлыхэм къащтауэ гурыщхъуэ ищIри, щIалэм зыри жимыIэу, пщIантIэм къыдэкIыжащ. Абы яужь тхьэмахуитI дэкIауэ, дунейм ехыжа лIыжьым къыхуигъэхьу, щIалэм зыкIуэцIылъ гуэр къыщыIэрыхьэм, и щIыфэр къэтхытхащ. ЗыкIуэцIихмэ, дыщэпс зытебза ашык цIыкIур елъагъу. ПIащIэу къызэтрихри, дыщэ сыхьэт къыдихащ: «Си гъусэу бгъэкIуа зэманым папщIэ фIыщIэ пхузощI». Дауэ къыгурымыIуэнрэт, щIалэм къыгурыIуащ лIыжьым нэхъ лъапIэ дыдэу иIар и ныбжьэгъу цIыкIум и гъусэу игъэкIуа зэманыр зэрыарар. Жыгым къыпыкIэ и уасэщ, лъэпкъым и уасэ и бынщ. Сурэтыр къарей Элинэ трихащ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30445.txt" }
Адыгэ (къэбэрдей) дзэпщхэр Курыт лIэщIыгъуэхэм къыщыщIэдзауэ дуней псом цIэрыIуэ щыхъуауэ щытащ адыгэхэм я шуудзэр. Урыс офицер Торнау Федор (лъэпкъкIэ нэмыцэщ) 1864 гъэм итхыгъащ: «Венгрхэм я шуудзэм пэхъун щымыIэущ иджыри къэс зэралъытэр, адыгэ шуудзэр абы куэдкIэ йофIэкI. Зы шэрджэс шур кърым хъаным и дзэм — шу тIощIым — ятокIуэ» («Кавказ офицерым и гукъэкIыжхэр»). Адыгэ шуудзэм хузэфIэкIыр зи нэгу щIэкIа дзэпщ гуэрым итхыгъащ: «Адыгэ шур бийм ебгъэрыкIуамэ, аслъэныр Iэщ хъушэм хэлъэда хуэдэщ». Апхуэдэ шуудзэ дэшэс зэпытащ адыгэ дзэпщым. Генерал Бларамберг Иоаганн 1834 гъэм итхыгъащ, зауэ къалъыкъуэкIмэ, къэбэрдейхэм шу мин 30 ягъэшэсыфу зэрыщытар. Лъэсыдзэуи абы нэхърэ мынэхъмащIэ ядежьэрт къэбэрдей шуудзэм. А псом пашэ хуащIыр лIыгъэрэ хахуагъэкIэ цIэрыIуэ хъуауэ, хэкум и щIыхьыр дзыхь зрагъэз дзэпщхэрт. Къэбэрдейм и тхыдэм щымащIэкъым апхуэдэ дзэпщхэр — ди лъахэм и хуитыныгъэм папщIэ зи псэм емыблэжа шу пашэ щэджащэхэр. КЪЭРМОКЪУЭ Хьэмид. Инал Нэху Инал Нэху Адыгэ тхыдэми IуэрыIуатэми щыцIэрыIуэщ Инал. ЩIэныгъэлIхэм зэратхымкIэ, ар Мысырым пащтыхь щыхъуауэ щыта адыгэ мамлюкхэм ящыщщ, Мысырым 1453 — 1461 гъэхэм щыпащтыхьащ, хэкум къигъэзэжа нэужь, адыгэ лъэпкъхэр зэгуигъэхьэн, зы къэралыгъуэ иухуэн хузэфIэ- кIащ. Нэгумэ Шорэ зэритхымкIэ, Инал Абхъазым щылIащ, абы и кхъащхьэм абхъазхэр «Инал къубэ»-кIэ («Инал и кхъащхьэ») иджыри къэс йоджэ. «Инал лIа нэужь, — етх Нэгумэ Шорэ, — цIыхухэм ядакъым абы и къуэхэм едэIуэн. Хэкум и унафэр зэрызэрахьэн акъылрэ фIэлIыкIрэ ябгъэдэлъакъым абыхэм. Аркъудейми къыщынакъым: я пагагъымрэ я хьэл мыхъумыщIэмрэ цIыхухэм яхуэмышэчыж хъуащ, езыр-езыру зэныкъуэкъужу щIадзащ, Инал зэтриубла IуэхуфIхэр якъутэжри, нэхъыщIэр нэхъыжьым емыдэIуэж хъуащ». Инал пщышхуэм и мурадыр абы и къуэхэм къагурыIуакъым — зэщыхьэжри я щIыб зэхуагъэзэжащ. Абы къыдэкIуащ адыгэхэм и ужькIэ къатепсыха насыпыншагъэ псори. Инал и щIэблэщ къэбэрдейхэм, беслъэнейхэм, кIэмыргуейхэм, бжьэдыгъухэм, жанейхэм, хьэтыкъуейхэм, натхъуэджхэм я пщы лIакъуэхэр. Осетин усакIуэшхуэ Хетагуров Коста и лъэпкъри, езым зэритхымкIэ, Инал и къуэхэм ящыщ зым (Хьэтагъ) къытехъукIащ. Инал и цIэр зэрехьэ Iуащхьэмахуэрэ Балъкъ псыщхьэрэ я зэхуаку дэт бгы лъагэм. Беслъэн ПцIапцIэ Инал и къуэрылъху Жанхъуэт и къуэщ, щыпсэуар ХVI лIэщIыгъуэм и кIэухырщ, ХVI лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэ плIанэм хуозэ. Пщы уэлийуэ щытащ. ЗэрылIышхуэм щхьэкIэ «ПцIапцIэ» дзыр теIукIащ. Тэрч и хэхуэжыпIэм дзэ ишэурэ, Къэбэрдейм и гъунапкъэхэм зригъэубгъуащ, и дзэр Астрахъани Дербенти щынишэс къэхъуащ — абыхэм я лъахэр иубыдын папщIэ. Къэбэрдейм къихьэ сатуущIэ гъуэгухэр шынагъуэншэ хъуауэ щытащ абы иужькIэ. Лъэпкъыр арэзы зытехъуа хабзэ куэд зэтриублащ, ахэр Къэбэрдейм дежкIэ конституцэ пэлъытэ хъуащ. Щолэхъу Талъостэнхэ я лъэпкъым щыщщ, Къэбэрдейм и пщIэр лъагэ зэрыхъуным щIэкъу зэпытащ, хэкум и хуитыныгъэм щIэзэуащ, Идар Къамбулэтрэ Къетыкъуэ Аслъэнбэчрэ дунейм ехыжа нэужь, Къэбэрдейм и пщышхуэ (пщы уэлий) хъуащ. Урыс пащтыхьым гъунэгъу зэрыхуэхъуным хущIэкъуащ — ар къехъулIауэ плъытэ хъунущ, и IуэхущIафэм тепщIыхьмэ. И лIыгъэм, и зекIуэхэм папщIэ Щолэхъу «пщы щэджащэ» цIэр теIукIащ. «Щолэхъу»-кIэ зэджэ шы лъэпкъыр зи Iэужьыр а пщы цIэрыIуэрщ. Адыгэхэми гъунэгъу лъэпкъхэми я тхыдэми я IуэрыIуатэми щыгъунэжщ пщы щэджащэ Щолэхъу и хъыбархэр. Пасэрей адыгэ уэрэдхэм ящыщ зым мыпхуэдэ сатырхэм ущрохьэлIэ: Щэджащэуэ ди Щолэхъужь, Пщыуэ хъуам уранэхъ хахуэт, ХахуэкIэ ди джатэрыжэ, Жэрыбэр уэркъым езыт, Зи тыгъэм щIэмыфыгъуж, Щэджащэуэ ди Щолэхъужь! Джатэрэ лIыгъэкIэ Щолэхъу Къэбэрдейм къыхуихьа пщIэмрэ фIэлIыкIымрэ хуэдиз ди хэкум зэи иIэжакъым абы иужькIэ. Щолэхъу 1616 гъэм дунейм ехыжащ. Идар Инармэс и къуэ Идар Инармэс и къуэщ, Инал и къуэм и къуэрылъхущ. Хъыбархэм къызэрыхэщымкIэ, Идар и анэр бжьэдыгъу гуащэщ — Хъымыщ Елджэр ипхъущ. Идар и адэр щылIэм, сабийр здихьыжри, гуащэр Бжьэдыгъум кIуэжащ — и дыщым. Абы къыщыхъуащ Идар. Балигъ хъуа нэужь, Идар къэбэрдеипщхэм къеныкъуэкъу хъуащ. КIахэ адыгэхэм щыщ дзэ къришажьэри, Къэбэрдейм къытеуащ — Жанхъуэтхэрэ Минбулэтхэрэ къезэуащ. ДзитIыр Къызбрун деж щызэгурыIуэжащ, Идар Къэбэрдейм и кум щIы щратащ (абы ИдарейкIэ еджэ хъуащ), пщы нэхъыжьи ящIащ. Идар лIа нэужь (ХVI лIэщIыгъуэм и 30 гъэхэм) абы и щIэблэмрэ Жанхъуэтхэрэ (Къетыкъуэхэ, Талъостэнхэ) зэщыIеижащ, Къэбэрдейм щытепщэн хуейр яхузэхэмыгъэкIыу. Идарейм куэд ирагъэкIуакъым: епщыкIубланэ лIэщIыгъуэм и кIэухым нэсщ; абы иужькIэ адрей пщы лIакъуэхэм зэхуагуэшыжащ Идарей щIыналъэр. Идар Темрыкъуэ Идар Темрыкъуэ ипхъу Гуащэнэ (Марие), урыс пащтыхь гуащэр Джылахъстэн Адэлджэрий и шыпхъу Русудан, Куржым и пщышхуэ Вахтанг VI и щхьэгъусэр Темрыкъуэ ТемрыкъуэкIэ еджэ хъуауэ къэгъуэгурыкIуэ щхьэкIэ, и цIэ дыдэр КIэмыргуокъуэщ (КIэмыргуейм и къуэ). Сабийуэ и анэм и дыщым (КIэмыргуейм) здишэжати, арагъэнущ абы и цIэр къызыхэкIар. Урысейр здигъэIэпыкъуурэ, Къэбэрдейр зэгуигъэхьэным, абы тепщэ щыхъуным щIэныкъуэкъуащ, ауэ ар къехъулIакъым — пщыхэм я нэхъыбэр акъылэгъу къыдэхъуакъым, Урысейм и IэмыщIэ зралъхьэн мурад яIэтэкъым. Къэбэрдейм къытеуэрей кърым хъанымрэ Нэгъуей ЦIыкIумрэ хэкур зэращихъумэным яужь итащ. Жагъуэгъу къыхуэхъуа къэбэрдеипщхэми езэуащ, урысыдзэр здигъэIэпыкъуурэ. Бий мэхъаджэ къащытеуэм, Темрыкъуэ беслъэнейхэмрэ абазэхэмрэ гъусэ къыхуэхъуащ. Темрыкъуэ и жэрдэмкIэ, къэбэрдейхэм быдапIэ щаухуащ Сунжэ псыр Тэрч щыхэхуэм деж (иджырей Грозный къалэм пэмыжыжьэу). Кърым хъаным и дзэр 1571 гъэм кIахэ адыгэхэм къащытеуам щыгъуэ, дзэ иришажьэри, ди лъэпкъэгъухэм ядэIэпыкъуащ. ДзитIыр Ахупс деж щызэзэуащ, хъаным и дзэр абдеж щызэхакъутащ. А зауэм уIэгъэ хьэлъэ щыхъуащ Темрыкъуэ, уIэгъэм 1571 гъэм илIыкIащ, и къуитI (Мамсырыкъуэрэ Думэныкъуэрэ) гъэр хъуащ. Идар Темрыкъуэ и щIэблэм къатехъукIащ Урысейм и тхыдэм щыцIэрыIуэ Черкасскэхэ я лъэпкъыр. Темрыкъуэ мыпхуэдэ уэрэд хуаусыгъащ: Хуарэжь гущэм и дзэпкъыр къуапэти, МазиблкIэ уанэ темыхт. Къэбэрдейм ди зэхэзекIуэри ЩэджащэкIэ Темрыкъуэ лIыхъут. МыдэкIэ Хъуэхъужьым и шащхьэр УэсыщIэу зытезыгъасэ, Сэрэкъамышым къыхэкIа шур Шэ закъуэкIэ тхуезыудых, Ахупс аузыр мэз куукIэ къытхуэзыгъэнщI… Мамсырыкъуэ Темрыкъуэ и къуэ нэхъыжьщ. Мэзкуу кIуауэ, 1565 гъэм, урыс пащтыхьым елъэIуауэ щытащ Къэбэрдейм къыдигъэIэпыкъун щхьэкIэ. Кърым хъаным и дзэм Ахупс деж къэбэрдейхэр щезэуам абыхэм яхэтащ Темрыкъуи абы и къуитIри — Мамсырыкъуэрэ Думэныкъуэрэ тэтэрхэм гъэр ящIащ (иужькIэ къащэхужащ). 1583 гъэм Мамсырыкъуэ и шухэмрэ къэзакъхэмрэ Дербент къыблэкIа тыркудзэр зэхакъутащ. Мамсырыкъуэ здагъэIэпыкъуурэ, урыс дзэпщхэм зыпащIащ Дагъыстэным, Куржым, бгырыс лъэпкъхэм я лIыщхьэхэм. Къетыкъуэ Аслъэнбэч дунейм ехыжа нэужь, Къэбэрдейм и пщы нэхъыжь IэнатIэм щIэкъуащ, ауэ ар къылъагъэсакъым — пщы нэхъыжь хъуар Щолэхъу Тепсэрыкъуэщ. 1601 гъэм ПщыIэпщокъуэ Къазий Мамсырыкъуи абы и къуэш Думэныкъуи иригъэукIащ. Мэзкуу и уэрамхэм ящыщ зым илъэс щиплIым щIигъуауэ зэрехьэ Мамсырыкъуэ и цIэр — Мастрюковская. Джылахъстэн Адэлджэрий Джылахъстэнхэ я лъэпкъым щыщ Тэтэрхъан и къуэ нэхъыжьщ. Дарьял псыхъуэр IэщIэлъащ, абы дэкI гъуэгум щызекIуэхэм теплъэкъукIакъым. Бгырысхэм я деж пщIэшхуэ щиIащ, абыхэм Iуэхутхьэбзэ мащIэ яхуищIакъым. Адэлджэрий и шыпхъур, Русудан, куржы пащтыхь Вахтанг Еханэм и щхьэгъусащ. Русудан и бынхэр цIэрыIуэ щыхъуащ Куржыми Урысейми, абыхэм дзэпщ лъэрызехьэхэр къахэкIащ. Адэлджэрий шуудзэ игъэшэсурэ Куржым куэдрэ дэIэпыкъуащ, зэрыпхъуакIуэхэм ящихъумащ. 1752 гъэм Джылахъстэн Адэлджэрий шу минрэ щитхурэ Куржым иришауэ щытащ, ар бийхэм ящихъумэн папщIэ. Джылахъстэней дзэпщым апхуэдэ Iуэхутхьэбзэ къазэрыхуищIар куржыхэм ноби ящыгъупщэркъым. А гъэращ езыри дунейм щехыжар. Жанхъуэт Талъостэн Щыпсэуар ХV лIэщIыгъуэм и кIэмрэ ХVI лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэ щанэмрэщ. Талъостэнейр къызэзыгъэпэщар аращ, абы IэщIэлъащ Дарьял псыхъуэмрэ Тэрч псым и IуфитIымрэ. Талъостэн Инал и къуэрылъхум и къуэщ. Бахъшысэрей зекIуэм щыгъуэ (1523 гъэм) Къэбэрдейм и дзэм пашэ яхуэхъуар Талъостэнщ. Керчь тIуалэм зэпрыкIри, зауэурэ Бахъшысэрей нэсащ, къэбэрдейхэм я дзэр, кърым хъаным и къалащхьэр къаувыхьащ. НэгъуэщI къыхуэнэжатэкъыми, дзэм яхуэхь фIыгъуэр къаритащ хъаным — арыншамэ, я щхьэр храгъэлъхьэнут, езыри яIэщIэукIэнут. Талъостэн Къызбрун зауэм хэкIуэдащ — Инармэс Идаррэ Жанхъуэтхэрэ щызэзэуам щыгъуэ. Жамырзэ Алъхъэс Джылахъстэнхэ я лъэпкъым щыщщ, а лъэпкъыр къызытехъукIа Минболэт Джылахъстэн и къуэрылъхущ, лIакъуэлIэш лъэрызехьэ дыдэхэм хабжэ, Астрахъанрэ Куржымрэ зэпызыщIэ гъуэгум щытепщэ зэпытащ. И шыпхъур Кахетием и пащтыхь Александр и щхьэгъусащ, абы и хьэтыркIэ Куржым пщIэшхуэ щиIащ, куржы лIыкIуэхэр Урысейм щыкIуэкIи урыс лIыкIуэхэр Куржым щыкIуэкIи ядэIэпыкъуащ, и нэIэ ятригъэт зэпытащ. Дзыхь нэхъ зригъэзыр Иранырати, абы и шахыр малъхъэ ищIауэ щытащ. Жамырзэ Алъхъэс хэмытауэ зы Iуэхушхуи щызэфIахакъым а зэманым Кавказ Ищхъэрэм — апхуэдэ фIэлIыкI иIащ а пщым. Щоджэныкъуэ Алыджыкъуэ Щоджэныкъуэ Алыджыкъуэ ХVII лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэм Къэбэрдейм бжьыпэр щызыIыгъа пщыхэм ящыщщ. И адэ къуэшыр, Къазий, дунейм ехыжа нэужь, Алыджыкъуэ лъэпкъ унафэр илъэс плIыщIкIэ IэщIэлъащ. ПщIэ щIыхуащIын IуэхуфI куэд яхуилэжьащ къэбэрдейхэм, абы щыхьэт тохъуэ тхыдэри IуэрыIуатэри. Кърым хъаным шу минищ къыIрихри, и адэ къуэшым илъ ищIэжыху етIысэхакъым — ар Тепсэрыкъуэ Щолэхъурэ нэгъуейхэмрэ Къулъкъужын зауэм щаукIауэ щытащ. Куэд щIауэ Къэбэрдейм къыхуэдзэлашхэ Нэгъуеишхуэм ди лъахэр щихъумэн хузэфIэкIащ. Нэгъуеишхуэр Индыл адрыщI Iэпхъуа нэужь, Алыджыкъуэ и пщIэр нэхъри лъагэ щыхъуащ Къэбэрдейм. Индыл адрыщI щизэгъакъым нэгъуейхэр, ягу техуакъым къэбэрдейхэр Кавказ Ищхъэрэм тепщэ зэрыщыхъуар. Ар зигу темыхуэ адыгэпщхэри мащIэтэкъым — ахэр Алыджыкъуэ къебгъэрыкIуащ. КъебгъэрыкIуа щхьэкIэ фIы щIахакъым: Алыджыкъуэ ахэр Балъкъ псыхъуэ щызэхикъутащ. Абы иужькIэ Алыджыкъуэ тегушхуэгъуафIэ ящIыжакъым. ПщыIэпщокъуэ ХVI лIэщIыгъуэм и кум щегъэжьауэ Идархэ я лъэпкъым еныкъуэкъу зэпытащ, Къэбэрдейм бжьыпэр щиубыдын мурад ищIауэ. Идар Темрыкъуэ хэкум ирихун хузэфIэкIащ — 1563 гъэм. Темрыкъуэ Астрахъан зыщигъэпщкIуащ. Урыс пащтыхьыр (Грозный Иван) и щыкъу адэм къыдэIэпыкъуащ — фочауэ 500-рэ къэзакъ шу 500-рэ къритащ. Ар къигъэсэбэпри, Темрыкъуэ ПщыIэпщокъуэ ебгъэрыкIуащ. ПщыIэпщокъуэ икIуэтакъым, зызэщIиузэдащ, дзэшхуэ игъэшэсри, Идарейр зэтрикъутащ. Идар Темрыкъуэ и лъэIукIэ урысхэм быдапIэ Къэбэрдейм къращIыхьащ. Ар игу техуакъым ПщыIэпщокъуэ, тырку сулътIанри кърым хъанри арэзытэкъым абыкIэ. Ахэр здигъэIэпыкъури, ПщыIэпщокъуэ урыс быдапIэр икъутащ. Темрыкъуэ дунейм ехыжа нэужь, ПщыIэпщокъуэ Къэбэрдейм бжьыпэр щиубыдащ. Къазий Зи пщIэр лъагэ дыдэ пщыуэ щытащ. ПщыIэпщокъуэ и къуэщ. Ар хэмытауэ е хэмыIэбауэ Къэбэрдейм зы Iуэхуи къыщыхъуакъым. И адэр лIа нэужь, Идархэ я лъэпкъым еныкъуэкъу пщыхэм я пашэ хъуащ. Темрыкъуэ и къуэхэр, Мамсырыкъуэрэ Думэныкъуэрэ, езыгъэукIар аращ — 1600, 1601 гъэхэм. Идархэ ялъ зэращIэжынум шэч къытрихьэртэкъыми, Беслъэнейм Iэпхъуэри, абы илъэсищкIэ щыпсэуащ. Къэбэрдейм къигъэзэжа нэужь, Идархэ екIужащ. Урыс пащтыхьым дзей зыхуищIауэ игъэIуа щхьэкIэ, Къэбэрдейм и Iуэхум псэуху зы хами къыхигъэIэбакъым. Тепсэрыкъуэ Щолэхъурэ Нэгъуеишхуэм я хъанымрэ къращIылIа зауэм (Къулъкъужын зауэм) 1615 гъэм хэкIуэдащ. Къазий и цIэр зэрехьэ Балъкъыщхьэ узыщрихьэлIэ хъупIэ лъагэм, ар пщым ейуэ щытащ, аращ и цIэр щIытеIукIар. Сэнджэлей Къанкъылыш Сэнджэлей и къуэ нэхъыщIэщ. 1642 гъэм Мэзкуу Iэпхъуэри, урысей лIыщхьэхэм ящыщ хъуащ, къулыкъушхуэ куэд дзыхь хуащIащ, боярин цIэр къыфIащащ. Урысей пащтыхьыр щежьэм деж къэрал унафэр къызыхуигъанэр Сэнджэлейт. Черкасский Григорий — апхуэдэцIэкIэщ урысей тхыдэм къызэрыхэнар. Къэбэрдейм иришри фочыщIэ зыбжанэ Мэзкуу дигъэтIысхьащ, урыс щIалэхэр а IэщIагъэм хуригъэджэн щхьэкIэ. Къэбэрдеймрэ Урысеймрэ яку дэтащ Сэнджэлей, а къэралхэр зэрызэгурыIуэным, зэрызэдэлэжьэным щIэкъу зэпытащ. Сэнджэлей и адэмрэ и къуэшхэмрэ (Щолэхъу, Муцал), и къуэшым и къуэ Къасбулэт сымэ Идарейм щыпсэуащ — Тэрч псым и Iуфэм. Астрахъанрэ Царицынрэ я воеводэ (Iэтащхьэ) къулыкъур зэрихьащ. Къанкъылыш Сэнджэлей Идар Темрыкъуэ и шынэхъыщIэ Жылэгъут и къуэрылъхущ. Каспий тенджыз Iуфэм Iут Тэрч къалэ дэсащ, Идархэ къару ямыIэж хъуа нэужь. Адыгэ къуажэ зыбжани къригъэтIысэкIащ — Тэрч къалэ, Шэрджэс жылагъуэкIэ зэджэри абдеж зыгъэтIысар Сэнджэлейщ. Тэрч къалэ деж щыса къэзакъ жылагъуэхэри зи IэмыщIэ илъар Сэнджэлейщ. Я лъэпкъым кIэ игъуэтыху (ХVII лIэщIыгъуэм и кIэух пщIондэ), Сэнджэлейхэ Тэрч къали абы и гъунэгъу къэбэрдей, дагъыстэн жылагъуэхэр яIэщIэлъащ. Сэнджэлей Къэбэрдеймрэ Дагъыстэнымрэ Урысей благъэ зэрыхуищIыным щIэкъу зэпытащ. ХьэтIохъущыкъуэ ХьэтIэхъущыкъуэ Къэбэрдейм бжьыпэр щиубыдыху, зы махуи епсыхакъым. И адэшхуэ ПщыIэпщокъуэрэ и адэ Къазийрэ зыщIэкъуа Iуэхур зэригъэкIуэтэнырщ зи ужь итар. И адэ къуэшым и къуэ Алыджыкъуэ гъусэ хуэхъури, Идархэ дигуащ, бжьыпэр езым иубыдащ, Тэрч къалэ дэс урыс дзэпщхэмрэ абыхэм я IупэфIэгъу адыгэпщхэмрэ бэуапIэ яритакъым, Алыджыкъуэрэ ХьэтIохъущыкъуэрэ я дзэм ахэр зэхакъутэн яхузэфIэкIащ. Зыкъаужьыжа нэужь, я бийхэр къалъихъащ ХьэтIохъущыкъуэрэ Алыджыкъуэрэ, Балъкъ деж зауэ гуащIэ щаублащ, абы щытекIуар ХьэтIохъущыкъуэрэ Алыджыкъуэрэщ. Алыджыкъуэ лIа нэужь, ХьэтIохъущыкъуэ Къэбэрдейм пщы нэхъыжь щыхъуащ. ХьэтIохъущокъуэхэ я унэцIэм къежьапIэ хуэхъуар Къазий и къуэ ХьэтIохъущыкъуэ и цIэращ. ХVII лIэщIыгъуэм икухэм щыщIэдзауэ ХьэтIохъущокъуэхэ нэхъ цIэрыIуэрэ фIэлIыкI нэхъ зиIэрэ Къэбэрдейм исакъым. Тэрч псыр тенджызым щыхэхуэм деж, Идар и къуэ Темрыкъуэ и лъэIукIэ, урыс дзэпщхэм быдапIэ (Тэрч къалэ) тращIыхьауэ щытащ. Къалэр урыс пащтыхьым еувэлIа адыгэпщхэм хэщIапIэ яхуэхъуащ. Урыс дзэпщхэм я тIасхъэщIэххэм яхэтащ ШужьеипщкIэ зэджэр. Ар къищIэри, ХьэтIохъущыкъуэ Шужьейр иригъэукIащ. Тэрч къалэ дэс Чэлимэтыпщым пащтыхьым деж итхыгъащ: «Нэхъапэм, зиусхьэн, кърым хъаныкъуэ Жан-Джэрий къэкIуасэу Къэбэрдейм къыщыкIуам щыгъуэ, си малъхъэ Урыскъан и къуэ Шужьей Алыджыкъуэрэ ХьэтIохъущыкъуэрэ я деж плъакIуэ-дэIуакIуэ щыIэти, хъаныкъуэмрэ Къазий и бынхэмрэ къаухэс псор си деж къигъэсыжырт, сэ а хъыбархэр зэрызэхэсхам хуэдабзэу уи дзэпщхэм яIэрызгъэхьэжырт. Ар къищIэри, ХьэтIохъущыкъуэ Шужьей къезэуащ, итIанэ и бейгуэл Лъэпщыкъуэ къриутIыпщри, къригъэукIащ». ХьэтIохъущыкъуэ и адэшхуэмрэ Шужьей и адэ Жансэхъурэ зэшщ. Шужьей ХьэтIохъущыкъуэ щригъэукIар 1626 гъэрщ е зымащIэкIэ нэхъ пасэущ. IуэрыIуатэм ихъумащ ХьэтIохъущыкъуэ Шужьей зэриукIам и хъыбар. Мыращ хъыбарым жиIэр: «ХьэтIохъущыкъуэрэ Шужьейрэ лIыфIыгъуэ зэримыгъахуэурэ бий зэхуэхъуащ. Шужьеипщыр лIы зэщIэмыкIуэжт, лIыгъэ-щыгъэкIэ упэлъэщынутэкъым. Алыджыкъуэ деж кIуэри ечэнджэщащ ХьэтIохъущыкъуэ. — УемыбзэджэкIауэ упэлъэщынукъым, — къыжриIащ Алыджыкъуэпщым. — Шужьейрэ сэрэ дызэ- бийщ. Уэрэ сэрэ дызэщыIеижауэ дгъэIунщи, Шужьей деж укIуэнщ, уекIуж зыпщIынщ, Тэтэртуп фыкIуэнщи, тхьэ зэхуэфIуэнщ, къыщывгъэзэжкIэ гъуэгум щыбгъэбэлэрыгъынщ. Шужьей екIуж зищIащ ХьэтIохъущыкъуэ, Тэтэртуп кIуэри тхьэ зэхуаIуащ, къыщагъэзэжым зы Iуащхьэ деж щепсыхащ. — Мы Iуащхьэр Бахъсэн нэхъ и гъунэгъу хьэмэ Шэджэм нэхъ пэблагъэ? — еупщIащ ХьэтIохъущыкъуэ Шужьей. — Ди пщафIэхэм къащIэнщ, — жиIащ Шужьей. ПщафIэхэр ирагъэжьащ. ПщафIэхэр щыIукIым, ХьэтIохъущыкъуэ Шужьей еупщIащ: — КъамэкIэ уепыджмэ, нэхъыфI, хьэмэ сэшхуэкIэ къеупщIэтэхмэ, нэхъыфI? — жери. — Къэрабгъэр мэпыджэ, лIым къреупщIэтэх, — жиIащ Шужьей, жейм здыхилъафэм. — КъезупщIэтэхым ухуэзащ, — жери, ХьэтIохъущыкъуэ Шужьей и щхьэр тIууэ зэгуихуащ. И щхьэр зэгуипIэжри, Шужьей къызэфIэтIысхьащ, и нэпсыр къыщыщIэкIым, ХьэтIохъущыкъуэ къыхуеплъыхащ: — Щхьэ угърэ? — жери. — СыщIэгъыр сызэрылIэракъым, — жиIащ Шужьей. — «Хэт зыукIар?» жаIэрэ щIэупщIэмэ, «ХьэтIохъущыкъуэжь цIыкIуращ» зэрыжаIэнурщ. Ар жери, Шужьей и псэр хэкIащ. И хьэдэм Iуащхьэ тращIыхьащ. Шужьей и IуащхьэкIэ йоджэ абы иджыри къэс. Iуащхьэр Бахъсэнрэ Шэджэмрэ я зэхуаку дэтщ». Алъхъэс Мудар Джылахъстэнхэ я лъэпкъыр къызытехъукIа Минбулэт Джылахъстэн и къуэрылъхум и къуэщ. Дарьял псыхъуэ дэтIысхьэри, бгым къыщхьэдэх гъуэгум тепщэ щыхъуащ (куржы къалэ Казбеги иджы здэщысым деж щыпсэуащ, и жылэхэри абы игъэIэпхъуэри). Къэбэрдей Iуэхухэм къыхэIэбэ зэпытащ, пщы зэныкъуэкъухэм яку дыхьэурэ. Ираным куэдкIэ щыгугъырти, абы гъунэгъу зэрыхуэхъуным пылъащ. Ар къыхуадакъым Щоджэныкъуэ Алы-джыкъуэрэ Къазий и къуэ ХьэтIохъущыкъуэрэ — абыхэм къаукIащ 1641 гъэм. Муцал Черкасский Муцал и къуэ Къасболэт Къанкъылыш Сэнджэлей и къуэщ. Каспий и Iуфэм Iут Тэрч къалэм къетIысэкIауэ щыта къэбэрдей жылагъуэхэр IэщIэлъащ. Къэбэрдейм и Iуэхухэм хамэ къызэрыхимыгъэIэбэм щхьэкIэ (е ар щхьэусыгъуэ ящIри) 1640 гъэм ягъэтIысыгъащ. Къамбулэт и бынхэмрэ абыхэм я дзейхэмрэ Балъкъ зауэм (1641 гъэм) щызэхакъута нэужь, щхьэхуит хъужри, Къэбэрдейм къигъэзэжащ. 1642 — 1643 гъэхэм Ираным кIуауэ щыта къэбэрдей лIыкIуэхэм пашэ яхуэ- хъуащ, шах Аббас IущIащ (ар езым и малъхъэт). Кърым тэтэрхэмрэ нэгъуейхэмрэ щезауэм щыгъуэ урысыдзэм хэтащ, 1651 гъэм Сунжэ быдапIэр персхэмрэ шамхалым и дзэмрэ щызыхъумахэм ящыщщ. Къасболэт Муцал и къуэ нэхъыжьщ (Муцал Тэрч Iуфэ Iус Идарейр IэщIэлъащ). Зэадэзэкъуэм 1651 гъэм Сунжэ быдапIэр яхъумащ — персхэмрэ шамхалым и дзэмрэ Iэрагъэхьакъым. И адэр лIа нэужь, 1661 гъэм, Тэрч къалэ къетIысэкIауэ щыта бгырыс жылагъуэхэм я тепщэ хъуащ. Разин Степан и дзэр зэхэзыкъутахэм яхэтащ, ар Кавказ Ищхъэрэм къригъэхьакъым. Астрахъан къалэр Разин къыIэщIэзыхыжар Къасболэтщ. Тыркухэм я быдапIэ Азов къэзубыда къэзакъхэмрэ шэрджэсхэмрэ пашэ яхуэхъуащ, Сиваш зэпрыкIри Кърымым ихьащ, абы хъаным и дзэр щызэхикъутащ. Урыс-тырку зауэм щыгъуэ (1676 — 1681 гъэхэм) дзэм пашэ яхуэхъуащ, абы хэтащ Къасболэт и лъэпкъэгъухэри. ЗэфIыжын мурад щащIым, урысхэм яфIэзахуэр тырку дзэпщхэм ягурызыгъэIуар Муцал и къуэ Къасбулэтщ — абы и фIыгъэкIэ Малороссием (Украинэм) и зэхуэдитIыр къыIэрыхьэжауэ щытащ Урысейм. Жансэхъу Къетыкъуэ ПщыIэпщокъуэ и шынэхъыщIэщ. Идар Къамбулэт лIа нэужь, пщы нэхъыжь къулыкъум щIэныкъуэкъуащ, Идархэ IупэфIэгъу къищIри. А къулыкъур къылъысыртэкъым ПщыIэпщокъуэ Жансэхъу, ар зылъысар Тепсэрыкъуэ Щолэхъут. ИтIани увыIакъым, и щхьэр хилъхьэху. Урыс пащтыхьыр къызэрыдэщIами къикIа щыIэкъым. Пщы нэхъыжь къулыкъур къызэрыIэрымыхьэнур къыщыгурыIуэм, и пIэ итIысхьэжауэ щытащ. Жансэхъу и щIэблэр Къазий и къуэ ХьэтIохъущыкъуэ зэтриукIауэ щытащ, абы къыдежьащ «Жансэхъухэ я гъыбзэр». Къетыкъуэ Аслъэнбэч Къетыкъуэ Аслъэнбэч Къэбэрдейм и пщы уэлийуэ щытащ 1737 — 1746 гъэхэм. ЛIакъуэлIэшхэр гупитI зэрыгъэхъуным хэлIыфIыхьащ — бахъсэн гупрэ къэщкъэтау гупрэ, ахэр зэныкъуэкъу зэпытащ, лIыфIыгъуэ зэримыгъахуэурэ. Урыс пащтыхь Петр Езанэр Персым зэуакIуэ щыкIуэм щыгъуэ гъусэ хуэхъуащ, ар къэщкъэтау гупым къадэIэпыкъункIэ щыгугъырти. Къетыкъуэ Аслъэнбэч, къэщкъэтау гупым я пашэм, къызэрыдэIэпыкъун къару иIэтэкъым урыс пащтыхьым. Бахъсэн гупыр щытегуплIэм, Къетыкъуэ Аслъэнбэч и лIакъуэлIэшхэр зыщIигъури Псыжь зэпрыкIащ, кърым хъаным IупэфIэгъу зыхуищIащ. Кърым хъаным и дзэр, нэгъуейхэм къакъуэгушхукIыурэ, Къэбэрдейм куэдрэ къытеуащ, ауэ бахъсэн гупым къапэлъэщакъым. И жагъуэгъухэм екIужри, Къетыкъуэ Аслъэнбэч 1737 гъэм Къэбэрдейм къигъэзэжащ. Аслъэнбэч и шуудзэм 1739 гъэм Нэгъуей Ордар зэтрикъутащ; урыс-тырку зауэхэм хэтащ. Ираным дзей ящIын мурад зэраIэр къыхуаIуэхуауэ щытащ, езым идакъым армыхъумэ. 1746 гъэм Гум псыхъуэ щылIащ. «ТенджызитIым я кум дэсын хуейр зыпщщ» — а псалъэр къызэзынэкIауэ адыгэ IуэрыIуатэм къыхэщыр Къетыкъуэ Аслъэнбэчщ. ХьэтIохъущокъуэ Кургъуокъуэ ХьэтIохъущокъуэ Кургъуокъуэ ХьэтIохъущокъуэ Кургъуокъуэ Къэбэрдейм и пщы уэлийуэ щытащ — ХХVI лIэщIыгъуэм и кIэм къыщыщIэдзауэ. Минищэм нэблагъэ кърымыдзэр къащытеуам щыгъуэ (1708 гъэм) Кургъуокъуэ Къэбэрдей псор зэщIигъэшэсащ, бзаджагъэ хуекIуэри, бийр бгым ириукIыхьащ — Балъкъ псыхъуэ къыщыщIэдзауэ Бахъсэн псыхъуэ нэс. Кургъуокъуэ кърымыдзэм кIэ щритар Къэнжал дежщ, аращ бийр щызэхакъута зауэм Къэнжал зауэкIи щIеджэр. Зеикъуэ дыгъафIэкIэ зэджэ джабэм и щыгум Кургъуокъуэ Къалэ-быдапIэ щиухуауэ щытащ, абы и къутахуэхэм ноби ущрохьэлIэ Хьэрэкхъуэрэ ипщэIуэкIэ, а щIыпIэм КъалэжькIэ йоджэ. Кургъуокъуэ 1709 (е 1710 гъэм и пэщIэдзэм) дунейм ехыжащ. Пщы уэлий хахуэм, дзэпщ Iущым и хъыбархэр щыгъунэжщ адыгэ IуэрыIуатэм. Кургъуокъуэ Мухьэмэд ХьэтIохъущокъуэхэ я лъэпкъым щыщщ, БомэткIи еджэу щытащ. Кърым хъаным и дзэр Къэнжал зауэм 1708 гъэм щызэхэзыкъута Кургъуокъуэ и къуэщ. Къэбэрдейр хамэхэм я IэмыщIэ зэримыхуэным щIэбэн зэпытащ. Бахъсэн пщы гупым пашэ яхуэхъуауэ, Псыжь зэуакIуэ къэкIуа кърым хъаным и дзэмрэ абы къыдэщI тыркухэмрэ зэтриукIащ, абыхэм къэбэрдей шу минрэ щитхурэ яриутIыпщри. 1756 гъэм дунейм ехыжащ, хузэфIэкI псор и лъэпкъым хуилэжьауэ. ХьэтIохъущокъуэ Къэсей Мысост ХьэтIохъущыкъуэ и къуэщ. Къэбэрдеипщхэр гупитI зэрыгъэхъуауэ щызэныкъуэкъум щыгъуэ бжьыпэр зыIыгъахэм ящыщащ, Къетыкъуэ Аслъэнбэч еныкъуэкъу зэпытащ. 1747 гъэм, ХьэтIохъущокъуэхэ, Къетыкъуэхэ, Бэчмырзэхэ зэгухьэри, хэкум ирахуащ, Къэбэрдейм къыщихьэжар 1751 гъэрщ. Кургъуокъуэ и къуэ Мыхьэмэт (Бомэт) лIа нэужь (1765 гъэм), Къэсей Бахъсэн пщы гупым я пашэ хъуащ. КъэбэрдеищIым къращIыхьа Мэздэгу быдапIэр къутэжын хуейуэ зукъуэдия пщыхэм ящIыгъуащ. Урыс-тырку зауэм лъэныкъуитIымкIи яхухыхьакъым: абы Къэбэрдейм и фейдэ зэрыхэмылъыр къыгурыIуат, ар зыми IэщIэмылъын хуейуэ илъытэрти, пащтыхь Екатеринэ ЕтIуанэм дишэха пщыхэм жагъуэгъу яхуэхъуащ, абы щхьэкIэ Къэбэрдейм ирахун мурад къыхуащIащ, ауэ и пIэ яхуикIакъым. Пащтыхь гуащэ Екатеринэ емыувэлIахэр гъусэ ищIри, хэкум и щхьэхуитыныгъэм щIэбэнащ. 1773 гъэм дунейм ехыжащ. Къэбэрдеишхуэм щыщ пщы. Сурэтыр Карнеджефф Е. ищIащ. 1812 гъэ Джылахъстэнейм щыщ пщы. СурэтырКарнеджефф Е. ищIащ. 1812 гъэ Бэчмырзэ Тэтэрхъан Къэбэрдейм и пщы уэлийуэ щытащ (1732-1737 гъэхэм). Бэчмырзэ Жамболэт и къуэ нэхъыжьщ. Жамболэтщ Бэчмырзэхэ я лъэпкъым ублапIэ яхуэхъуар. Бэчмырзэхэ Кавказми Урысейми щыцIэрыIуащ, а лъэпкъым къыхэкIащ дзэпщ, шупашэ зыбжанэ, абыхэм ящыщщ Бекович-Черкасский Александри (Долэт-Джэрий). Бэчмырзэ Тэтэрхъан яхэтащ кърымыдзэр Псыжь щызэтезукIа къэбэрдей шухэм. Урыс-тырку зауэм и зэманым (1736 гъэм) Бэчмырзэ Тэтэрхъан и жэрдэмкIэ къэбэрдейхэм шу минитI ягъэшэсащ, абыхэм куэдкIэ я фIыгъэщ урысыдзэр тыркухэм зэрытекIуар. Тэтэрхъан и шынэхъыщIэр (Елмырзэ) генерал хъуауэ урысыдзэм хэтащ. Дзэм къыхэкIыжа нэужь, Елмырзэ Къызлар щыпсэуащ, абы и щIапIэращ дзэпщ цIэрыIуэ Багратион къыщалъхуар (Багратион и анэр Бэчмырзэ Тэтэрхъан и шыпхъущ). Къасболэт Бэчмырзэхэ ящыщщ, Къэбэрдейм и щхьэхуитыныгъэм щIэзэу зэпытащ. Иранымрэ Кахетиемрэ запищIэри, ахэр здигъэIэпыкъуащ (Кахетием и пщым и къуэр езы Къасболэт и малъхъэт). Урыс дзэпщхэм Къэбэрдейм къыкIэлъызэрахьэ хьэгъэщагъэмрэ залымыгъэмрэ пэщIэтащ, зыхущIэкъуар абыхэм я лъэр Къэбэрдейм зэрыщимыгъэувынырт — ар къыщехъулIи къэхъуащ, къыгурыIуэрт урыс дзэпщхэм дзыхь ебгъэз зэрымыхъунур. Гур зэрыгъум дыгъур ирожэ: 1822 гъэм гъатхэпэ мазэм и кIэм урыс дзэпщхэр теуащ адыгэпщхэм хасэ щрагъэкIуэкI жылагъуэм. Къасболэт абдежым къыщаукIащ. Мыхьэмэт Iэшэ Иужьрей адыгэ (къэбэрдей) дзэпщхэм ящыщщ, хэкум и хуитыныгъэм щIэзэу лIыхъужьхэм гъуазэрэ шупашэрэ яхуэхъуурэ зэрыпхъуакIуэхэм куэдрэ ебгъэрыкIуащ. ХьэтIохъущокъуэ Аслъэнбэч и къуэщ, къыщалъхуар 1805 гъэрщ, балигъыпIэ зэриувэ лъандэрэ зауэм къыхэкIакъым, урыс дзэпщхэм я щхьэр къригъэIэтакъым, езыр псэуху. Къэбэрдейр Ермоловым «игъэсабыра» нэужь, Псыжь Iэпхъуащ, ауэ бэнэныгъэр зэпигъэуакъым. Кавказ зауэм и тхыдэм куууэ щыгъуазэ щIэныгъэлI Потто В. зэритхыгъамкIэ, Мыхьэмэт Iэшэ «иджыри къэс (ХIХ лIэщIыгъуэм и кIэми) щыцIэрыIуэщ гъунапкъэм». ЛIыгъэрэ хахуагъэкIэ Мыхьэмэт Iэшэ пэхъун а зэманым исакъым Къэбэрдейм. Шэткъалэ (Ставрополь) къалэм дэс дзэм ебгъэрыкIуауэ зауэм хэкIуэдащ 1846 гъэм. Мыхьэмэт Iэшэ щIэныгъэ зиIэ цIыхут, бзэ зыбжанэ ищIэрт. «Iэшэ» цIэр щIытеIукIар зауэм уIэгъэ хьэлъэ зэрыщыхъуарщ — и Iэ сэмэгур къыдэбзыжыртэкъым. Ди зэманым къэсащ ХьэтIохъущокъуэ Мыхьэмэт Iэшэ и лIыгъэмрэ и бэнэныгъэмрэ къызыхэщыж уэрэд, хъыбар куэд. Абыхэм ящыщщ мыри: Мыхьэмэт Iэшэ шыбз хэкIуапщIэ зэгуэрым фIадыгъуащ. Нэху игъэщри, шыдыгъум ялъежьащ, зы жылэ нэсауэ, уэрамыщхьэм тет пщащэм IущIащ. — Пщащэ жьырытэдж, шы бламыхуауэ пIэрэ фи жылэкIэ? — еупщIащ Мыхьэмэт Iэшэ пщащэм. — Блахуащ, — къыжриIащ пщащэм. — Щауибл мэхъу уи шыр зыхуар. — Упсэу, пщащэ жьырытэдж, — жиIащ Мыхьэмэт Iэшэ. — Къэзгъэзэжмэ, фи хьэщIэщ сынихьэнщ. Ар жери, Мыхьэмэт Iэшэ блэкIащ, шыдыгъухэм ялъэщIыхьэри, шыр къатрихыжащ, щауиблым яшхэри къыздихуащ. ЗэрыжиIауэ, пщащэ жьырытэджым я хьэщIэщым ихьащ Мыхьэмэт Iэшэ. ХьэщIэщым щIалитI исти, я псэлъэкIэкIи я IукIэщIыкIэкIи игу ирихьакъым Мыхьэмэт — шэсри къежьэжащ. Къыщежьэжым, пщащэм жриIащ: — Уи хьэщIэщ ис щIалэхэм гъуэгурыкIуэр щIэнэкIалъэ иремыщI — абы хущIегъуэжынкIэ мэхъу. Мыхьэмэт Iэшэ и псалъэр щIалитIым ягу техуакъым. Псалъэ къахуэзыгъэнар яцIыхуртэкъыми, лъежьащ: «Тпхынщи, къэтхьынщ», — жари. ЩылъэщIыхьэм, щIопщкIэ къахэуэурэ хьэщIэщым кърихулIэжащ щIалитIыр Мыхьэмэт Iэшэ. — Уэ пхуэдэ пщащэм и хьэщIэщ къихьэну яхуэфащэкъым мы щIалэ мыгъасэхэм, — жриIащ хъыджэбзым. — Тхьэмадэ, зыкъэдгъэцIыху. ЕмыкIу къэтхьащ, ди напэр текIащ, — къэлъэIуащ щIалитIыр. — МыбыкIэ сыкъэфцIыхункIэ хъунщ, — жери Мыхьэмэт и Iэр къаригъэлъэгъуащ. Абы къыфIигъэкIакъым». Къэбэрдеипщыр зекIуэ тохьэ. Сурэтыр Бертуч ищIащ. 1805 гъэ Къэбэрдейм щыщ пщы. Сурэтыр 1852 гъэм ящIащ. Дау и къуэ Бахъсэн Бахъсэн псым и Iуфэм дзэпщышхуэ гуэр Iусыгъащ, ДаукIэ еджэу. Дау пщым къуийрэ зып-хъурэ иIэт, и къуэ нэхъыжьым и цIэр Бахъсэнт. Дау и къуэ Бахъсэн гъут зауэм хэкIуэдащ. Гъут зауэм хэкIуэдащ Бахъсэн и къуэшиблри лIыхъужь пщIеи. Дау и къуэхэр цIыхум ягъеижащ, мыр жаIэурэ: «Хьэдэщ, хьэдэщ Дау и къуийр, хьэдэ мы-гъуэщ Дау и къуийр!» Дау и пхъум и дэлъхухэм я хьэдэр ЕтIэкъуэ псым и Iуфэм щыщIилъхьэжри, мывэ сын яхуигъэуващ. Абы Дау и къуэхэм я сынкIэ е ЕтIэкъуэ сынкIэ йоджэ. Гъатхэм цIыхубз щIалэхэм, я щхьэцыр утIыпщауэ, губгъуэм йохьэри, Даухэ я гъыбзэр жаIэ: Дау и къуэ Бахъсэн есым Ант шухэр къызыщIегъэплъ. Алътудым и къуэкIиижьым Гъутыжьмэ лъыпсыр щагъажэ. Алътудуэ псыхъуэ жэрыжьми, Гъутыжь хьэдэхэр зэлърехьэх. Ант хьэдэу зэлърихьэхари Хэт мыгъуэм къыхихыжын? Бахъсэн мыгъуэу дзэр тхузезышэр Гъутыжьмэ кърагъэпсых, Махуей мыгъуэм шынэхъыщIиблри Бахъсэн мыгъуэм депсыхыжащ. Зэший мыгъуэм я шыпхъу закъуэм Мы махуэм зарегъэIэжьэ, Iэжьэгъумэ яхуэмыIыгъыу Бахъсэн и гъуабжэм закъыфIредзыр. Гъутыдзэм хъунщIэр щрадзым ЗауэлIмэ ягъэщIэгъуащ. Хьэдрыхэ мащэм щIэхъуэпсу Бахъсэн маисэри щигъабзэщ. Къуэшылъыр зэрыхуэщIэжу ИщIэжри ялъихьэжар Зэшиймэ я шыпхъу закъуэрщ. Дау и къуэхэм я хъыбарри я гъыбзэри зытхыжар Нэгумэ Шорэщ. Абы зэриIуэтэжамкIэ, Дау пщышхуэр щыпсэуар IV лIэщIыгъуэрщ. Дау и къуэхэм я сыныр (ЕтIэкъуэ сынкIи йоджэ) ЕтIэкъуэ псым и нэпкъым тетащ, ар нобэ щахъумэ Бытырбыху дэт Эрмитажым. Къэбэрдеипщ, уэркъ зауэлI, пщым и пхъур. Сурэтыр зыщIар наIуэкъым. 1808 гъэКъэбэрдеипщхэмрэ Джылахъстэней пщыхэмрэ. Сурэтыр зыщIар наIуэкъым. ХVII лIэщIыгъуэ
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30451.txt" }
Нобэ 1646 гъэм Къэзакъ атаман Пожарский Семёнрэ адыгэпщ Черкасский Муцалрэ зауэлI мини 6 зыхэт я дзэр Нурадин-Джэрий и лагерым теуэри, зэтракъутащ. 1833 гъэм Черепанов зэадэзэкъуэхэу Ефимрэ Миронрэ Урысейм япэ дыдэу мафIэгу щащIащ, гъущI гъуэгууи километри 3,5-рэ щаухуащ. 1942 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым зауэ щытыкIэ щагъэуващ. Илъэситху и пэкIэ жэщыбгым Куржыр Осетие Ипщэм ебгъэрыкIуащ, икIи Цхинвал къалэм IэщэкIэ еуащ. КъыкIэлъыкIуэ махуэм УФ-м и дзэхэр а щIыналъэм иришащ, Осетие Ипщэм щыпсэу и цIыхухэр ихъумэжын икIи и мамырщIэкъу къарухэу а щIыпIэм щыIэхэм ядэIэпыкъун щхьэкIэ. 1803 гъэм урысей флотым и тхыдэм щыяпэу «Надежда», «Нева» кхъуафэжьейхэр дунейм и хъуреягъыр къакIухьыну ежьащ. Абыхэм я унафэщIт Крузенштернрэ Лисянскэмрэ. ЗекIуэр 1806 гъэм шыщхьэуIум и 19-м зэфIэкIащ. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 25- 27-рэ, жэщым градус 18 — 19 щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30474.txt" }
Iуэхутхьэбзэхэм я уасэхэр къемызэгъмэ… КъБР-м и Жылагъуэ палатэм ЖКХ-м и IэнатIэхэм жылагъуэ кIэлъыплъыныгъэмкIэ щиIэ щIыналъэ центрым псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэм и Iуэхутхьэбзэхэм я уасэхэм къемызэгъыу хагъахъуэмэ фызэрыпсэлъэну телефон къыщызэIуахащ. Ар теухуащ ЖКХ-м и Iуэхутхьэбзэхэм хуэзэ процент 12-м щIигъуу цIыхухэм ятыр зыхуэдизыр къэхутэным. Фыздэпсэлъэнур: Налшык къалэ, Къуэны-къуейм и цIэр зезыхьэ уэрам, 2, КъБР-м и Жылагъуэ палатэ. Телефоныр: (8662) 72-07-94.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30477.txt" }
Iэ Iэтым фыкъыхыхьэ! ШыщхьэуIум и 9-м сыхьэт 18-м щыщIэдзауэ 20 хъуху Абхъазым и утым «Iуащхьэмахуэ папщIэ Iэ Iэт» фIэщыгъэм щIэту Iуэху щхьэпэ щекIуэкIынущ. Абы и къызэгъэпэщакIуэр «Къэбэрдей-Балъкъэр» къэрал телевиденэрщ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, гъатхэпэ мазэм ирагъэжьа «Урысей-10» зэпеуэм и къалэн нэхъыщхьэр ди къэралым и щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэр, ухуэныгъэ хьэлэмэтхэр къегъэцIыхунырщ, къэрал кIуэцI туризмэм зегъэужьынырщ, хамэ къэрал къикIыу зыгъэпсэхуакIуэ къытхуэкIуэхэм я бжыгъэр гъэбэгъуэнырщ. Нэхъыщхьэращи, Урысей Федерацэр щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэкIэ, щэнхабзэкIэ, тхыдэр къызытещыж ухуэныгъэхэмкIэ къэралыгъуэ бейуэ зэрыщытыр хэIущIыIу ящIу, и цIэр жыжьэ гъэIунырщ, абы и дамыгъэщIэу пщIы цIыхубэм къыхегъэхынращ. Зэпеуэм и екIуэкIыкIэм теухуа хъыбар http://10russia.ru/rules Интернет хэщIапIэм къыщыбгъуэтынущ. Iэ Iэтыр http://10russia.ru напэкIуэцIым щокIуэкI. КъызэгъэпэщакIуэхэм я гуапэ хъунущ зэпеуэм хэтхэм я сурэт зэмылIэужьыгъуэхэр проектым и порталым щалъагъуну. Проектыр ягъэзащIэкIэрэ зэхуахьэса лэжьыгъэхэр Москва и щIыналъэм «Урысей» хадэ»-р щаухуэкIэ къагъэсэбэпынущ. КъБР-м ЦIыхубэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министерствэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30479.txt" }
ФIы щIэным псори къыхураджэ Шэджэм куейм иджыблагъэ щекIуэкIащ «ФIы щIэ» псапащIэ Iуэхур. Абы и жэрдэмщIакIуэу щытащ щIыналъэ администрацэм балигъ мыхъуахэм щадэлажьэ и къудамэр. Ерыскъы зэхэлъкIэ а махуэм яхуэгуэпащ сабий куэд щапI, хэхъуэшхуэ зимыIэ унагъуэ 22-м. Абыхэм щопсэу, балигъыпIэм нэмыса сабий 66-рэ. Ерыскъыпхъэхэр къащэхуащ псапэ щIэным зигу хузэIуха куей хьэрычэтыщIэхэм я мылъкукIэ. Балигъ мыхъуахэм щадэлажьэ къудамэм и унафэщI Тхьэгъэпсо Риммэ зэрыжиIэмкIэ, апхуэдэ псапащIэ Iуэхухэр щIыпIэм къыщызэрагъэпэщ илъэс къэс, нэщI мазэ лъапIэм къриубыдэу. ФIы щIэным псори къыщыхураджэ а лъэхъэнэр гулъытэншэу зэи щыблагъэкIыркъым районым. КIАРЭ Элинэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30482.txt" }
Псыхуабэ ирегъэблагъэ цIыху 2.500-м щIигъу ШыщхьэуIум и 14-м къыщыщIэдзауэ 28-р къэсыху Псыхуабэ щекIуэкIынущ «Мэшыкъуэ-2013» кавказпсо зэхыхьэр. Мэшыкъуэ Iуащхьэм и лъабжьэм щызэхуэсынущ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и щIыналъэ псоми, апхуэдэу Краснодар, Красноярск крайхэм, Волгоград, Ленинград, Киров, Тверь областхэм, Азербайджаным, Армением, Украинэм, Чехием, Эстонием, Осетие Ипщэм я лIыкIуэ 2500-м щIигъу. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIэкIэ зэхыхьэм хэтынущ цIыху 240-рэ. ИпэIуэкIэ Налшык семинар-зэIущIэ щригъэкIуэкIынущ «Мэшыкъуэ-2013» лагерым и дирекцэм. Семинарыр шыщхьэуIум и 7-м сыхьэти 9-м къыщыщIэдзауэ 13-м нэсыху Къэрал киноконцерт гъэлъэгъуапIэм щызэхэтынущ. Абы и лэжьыгъэр зэриухыу лагерым и дирекцэм и лIыкIуэхэм пресс-конференц зэхуашэсынущ икIи журналистхэм я упщIэхэм жэуапхэр иратынущ. Фигу къэдгъэкIыжынщ, Къэбэрдей-Балъкъэрыр «Мэшыкъуэ-2013» щIалэгъуалэ зэхыхьэм иджы еплIанэу зэрыхэтынур. Республикэм и ныбжьыщIэхэм я деж а форумым и пщIэм зэпымыууэ щыхохъуэ. Псалъэм и хьэтыркIэ, «Мэшыкъуэ-2013» хэтыну хуейуэ я проектхэр ягъэлъэгъуащ КъБР-м и цIыху 470-м. АрщхьэкIэ абыхэм я зэхуэдитIыр я къару щеплъыжыфынур 2014 гъэрщ. Пщыгъуэш Iэсият.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "30484.txt" }