text
stringlengths
11
353k
meta
dict
Зэхэгъэж тщIыркъым Тыркум хыхьэ Кахраманмараш къалэм и Iэтащхьэ Пойраз Мустэфа Мараш вилайетым къепха адыгэ къуажэхэм иджыблагъэ кIуэри зыщиплъыхьащ, абы дэсхэм я псэукIэр зригъэлъэгъуащ, я гурыгъу-гурыщIэхэм зыщигъэгъуэзащ. А «зекIуэм» зредгъэхьэлIэри, унафэщIым упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащ. — Зиусхьэн Мустэфа, Мараш къалэм лъэпкъ куэд щопсэу. Абыхэм я лъэпкъ хабзэхэр зэрахьэным, я щэнхабзэр, я бзэр яхъумэжыным теухуауэ уиIэ гупсысэхэмкIэ укъыддэгуэшамэ, ди гуапэт. Псалъэм папщIэ, адыгэхэм дауэ уахущыт? — Япэрауэ, фIыщIэ фхузощI мыпхуэдэ Iэмал къызэрызэфтам щхьэкIэ. Пэжщ, илъэс мин хъуауэ лъэпкъ зэхуэмыдэхэр щыпсэу мы хэкум дэ псори дрицIыхущ. Ауэ Кавказ щэнхабзэм, адыгэхэм я хабзэм ди дежкIэ мыхьэнэ хэха иIэщ. Мыр ауэ сытми жысIэркъым. Илъэсищэ Iэджэ щIауэ дэ Iуэху дахэ куэд зэдыдощIэ. Адыгэхэм сэ фIыуэ сыкъацIыху, лъэпкъым ехьэлIа щэнхабзэ фестивалхэр зэгъусэу илъэс къэс идогъэкIуэкI. Къапщтэмэ, сэ езым Кавказ лъэпкъхэм куэд щIауэ пщIэшхуэ яхузощI. Сэ щIыпIэ, Iуэхугъуэ куэдым срагъэблагъэ. Абыхэм сыщыкIуи сыхунэмысу къыщызгъани къохъу. Ауэ адыгэхэм срагъэблэгъауэ зэи къэзгъэнакъым, уеблэмэ сыхуэпIащIэу апхуэдэщ ди зэIущIэм. Ар къызыхэкIыр сыт жыпIэмэ, дызэ-джа тхылъхэм, тлъэгъуахэм, зэхэтхахэм ятепщIыхьмэ, адыгэхэр лIыгъэшхуэ зыхэлъ, цIыхуфI лъэпкъщ. Сытым дежи я гур зэIухауэ апхуэдэщ. Тхыдэм ухэплъэжу щытми, дапщэщи пэжым и телъхьэ, щыуагъэ зыIэщIэмыкI цIыхубэщ. Лъэпкъ зэхэгъэж зыщIым сэ срителъхьэкъым. Дэтхэнэми и бзэ, и хабзэ ихъумэжу къекIуэкIыныр ди къэралым и къулеигъэщ. Сэри абы зы хэлъхьэныгъэ мащIэ хуэсщIыну си гуапэщ. Зы мазэ дэкIмэ, Мараш къалэм и парк нэхъ ин дыдэр къызэIутхынущ, ар зэбгъузэнатIэу метр мин щитху мэхъу. А жыг хадэм Черкес Аслъэнбей и цIэр фIэтщащ. Фэри фощIэ нэгъабэ абы и фэеплъ къызэрызэIутхар. Ар иредгъэхьэлIащ адыгэхэм я лъэпкъ щэнхабзэ фестивалым. Дэ гурэ псэкIэ дызэрылъагъуу аращ. Адыгэхэм я хабзэкъым «къытхуэфщIэ» жаIэу. Абы нэхъри дытригъэгушхуэу тхузэфIэкIымкIэ сыт щыгъуи защIыдогъакъуэ. Дэ мы Iуэхум политикэ гупсысэкIэ лъэпкъ хэтлъхьэркъым. — Мараш къалэм, адыгэхэм я мызакъуэу, курди, бошнакъи, нэгъуэщI лъэпкъхэри щопсэу. Абыхэм я зэхущытыкIэр сыт хуэдэ, щызэгурымыIуэ къэхъурэ? — Пэжщ, Мараш къалэм КъуэкIыпIэмкIэ къикIа ди къуэш курдхэри щопсэу. НэгъуэщI лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэри дэсщ. Ахэр псори зэгурыIуэу, зэдэIуэжу апхуэдэщ. Гурэ псэкIэ дызэбгъэдэтщ жысIэмэ, пцIы супсынукъым. Сыт хуэдэ лъэпкъым щыщми, гуныкъуэгъуэ гуэр иIэу зыкъытхуигъэзамэ, зэрытхузэфIэкIкIэ дызэрыдэIэпыкъуным иужь дитщ. Ди къалэм и унафэщIу сагъэува нэужьи абы и пэкIи сэ лъэпкъ зэхэгъэж зэи сщIакъым. Мы Iуэхум цIыхугъэрэ гуапагъэкIэ убгъэдыхьэн хуейуэ аращ, армыхъумэ политикэ еплъыкIэм дызэфIигъэкIуэдынри хэлъщ. Апхуэдэ Iуэху зезыхуэхэм дэ Iэмал еттынукъым. НетIэ зэрыжысIащи, дэтхэнэми и бзэр, и щэнхабзэр ихъумэжынымкIэ Iэмал псори къыхузэдгъэпэщынущ. Адыгэхэр къапщтэмэ, илъэс куэд дыдэ хъуауэ дызэдопсэу, тхыдэм уриплъэжми, къыщыгъэлъэгъуакъым ахэр зыгуэрым емызэгъауэ, лей кIэлъызэрахьауэ. Абы ипкъ иткIэ, ди зэхущытыкIэр фIыщ, къэкIуэнум зэгъусэу дыхуолажьэ, абы щыгъуэми щхьэж и лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэр IэщIэхуркъым. Емуз Баязыт. «Хуитыныгъэ» радиом и корреспондент. Тырку.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29337.txt" }
Къалэухуэ Iуэхухэр КъБР-м ухуэныгъэмрэ архитектурэмкIэ и министрым и къуэдзэ КхъуэIуфэ Иринэ УФ-м и щIыналъэхэмрэ муниципалитетхэмрэ я Архитектор нэхъыщхьэхэм я советым Ульяновск къалэм щригъэкIуэкIа зэIущIэм хэтащ. Абы щызэпкърахащ къалэухуэ политикэм пыщIауэ мыхьэнэ хэха зиIэ Iуэхугъуэхэр. КхъуэIуфэ Иринэ зэрыжиIамкIэ, зэхыхьэм щытепсэлъыхьащ Урысейм и къалэхэр зыIууэ гугъуехьхэм, къалэ цIыкIухэм я теплъэр зэрекIакIуэм. — Ди жагъуэ зэрыхъущи, къалэухуэ Iуэхур къэралым къыпэщыт къалэн нэхъыщхьэхэм къыпагъэкIуэт. Абы щыгъуэми, экономикэм, демографием, экологием, цIыхухэр гъэIэпхъуэным, псэупIэ тыншхэм, егъэджэныгъэм, щэнхабзэм, спортым, лэжьапIэ IэнатIэхэм тещIыхьа щIыналъэ убзыхукIэрэ план нэхъыщхьэхэмрэ щымыIэу щIыпIэхэми зэрыщыту жылагъуэми зэманым декIуу зыпхуегъэужьынукъым. УФ-м и Къалэухуэ кодексыр зэрынэмыгъэсам зи гугъу сщIы а къалэнхэр гъэзэщIэныр куэдкIэ зэтреIыгъэ. Абы къыхэкIыу, щIыналъэ, муниципалитет зэмылIэужьыгъуэхэм я архитектор нэхъыщхьэхэм къыхалъхьащ къалэухуэ IэнатIэм и законодательствэ лъабжьэр егъэфIэкIуэным, щIыпIэхэм я архитектурэ, къалэухуэ IуэхущIапIэхэм, архитектор нэхъыщхьэ къулыкъум я мыхьэнэр (статусыр) къэIэтыным пыщIа Iуэхугъуэхэр. Апхуэдэу дытепсэлъыхьащ профессиональнэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ зэрырат щIыкIэм зегъэхъуэжын, архитектурэмкIэ ВУЗ-хэм зэрыщрагъаджэр егъэфIэкIуэн, IэщIагъэлI щIалэхэр аттестацэ ящIын зэрыхуейм, — къыхигъэщащ КхъуэIуфэ Иринэ. Абы зэрыжиIамкIэ, зэIущIэм хэтахэр я зэфIэкIхэмкIи зэхъуэжащ. — Къапщтэмэ, къызэхуэсахэм гъэщIэгъуэн ящыхъуащ ди республикэм и районхэм я щIыналъэ убзыхукIэм и схемэхэр зэрыдгъэхьэзырар, къалэ округхэм, жылагъуэ псоми я план нэхъыщхьэхэр, социально-экономикэ зыужьыныгъэм и планхэм тету, щIыр зэрызэрахьэну, псэуалъэхэр зэраухуэну хабзэхэр къызэрытщтар, — дыщIигъужащ министрым и къуэдзэм. Щоджэн Динарэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29342.txt" }
УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Геккиев Заур КъБР-м и ЩIалэгъуалэ палатэм хэтхэм яIущIащ. Зэхыхьэр иригъэкIуэкIащ зи гугъу тщIы палатэм и унафэщI Джаппуев Мусэ. Ар тепсэлъыхьащ ЩIалэгъуалэ палатэр мы зэманым зи яужь ит Iуэхугъуэхэм. — УФ-м и щIыналъэ зэхуэмыдэхэм къыщызэрагъэпэща ЩIалэгъуалэ палатэхэм бюджет иIэу яхэтыр тIу къудейщ. Абыхэм я зыр ди республикэращ здэщыIэр, — жиIащ Джаппуевым. — КъищынэмыщIа- уэ, ЩIалэгъуалэ палатэм и деж «Блогерхэм я еджапIэ» къыщызэрагъэпэщащ. Абы и къалэнщ республикэм и цIэр Интернетым фIыкIэ щыгъэIуныр. Блогерхэр жылагъуэм фIы и лъэныкъуэкIэ къыщыхъухэм я джакIуэу, я хъыбарегъащIэу щытыпхъэщ. Геккиев Заур зэIущIэм щIэс щIалэхэмрэ пщащэхэмрэ щепсалъэм къыхигъэщащ КъБР-м и ЩIалэгъуалэ палатэм и хъыбарыфI зэрызэхихыр зэригуапэр. ЩIалэгъуалэм я лъэIукIэ ар кIэщIу тепсэлъыхьащ жылагъуэ-политикэ гъащIэм зэрыхыхьа щIыкIэм. Чэнджэщ нэхъыщхьэу зытригъэщIа- ри адэ-анэм едэIуэн, пщIэ яхуэщIын, щIэныгъэ зэгъэгъуэтын зэрыхуейращ. ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Парламентым ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ, жылагъуэ зэгу-хьэныгъэхэмрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ и комитетым и унафэщI Хьэщхъуэжь Татьянэ. Абыи диIыгъащ хьэщIэм и гупсысэр. Депутатым щIалэгъуалэм я упщIэхэм жэуап яритащ, я гъащIэ гъуэгум ехъулIэныгъэ щаIэну ехъуэхъуащ. КЪУМАХУЭ Аслъэн.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29344.txt" }
2013 гъэм Аурсэнтх хъупIэм Iэщыхъуэхэр щыкуэдщ. 2013 гъэм Аурсэнтх хъупIэм Iэщыхъуэхэр щыкуэдщ. Сурэтыр
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29348.txt" }
Шынагъуэншагъэр къалъытэ УФ-м и Президент Путин Владимир Iэ щIидзащ цIыху зэхуэсыпIэхэм Iэщэ щызыгъауэхэр жэуапым зэрырашэлIэну щIыкIэхэр щыубзыхуа федеральнэ законыщIэм. Иужьрей зэманым къэралым и къалэ, къуажэ зыбжанэм, абыхэм щыхьэрхэри яхэту, къыщыхъуа къаугъэхэм хабзэубзыхухэм гу лъаригъэтащ законыр щIэгъэткIиен зэрыхуейм. Законыр Къэрал Думэм мэкъуауэгъуэм и 18-м, ФедерацэмкIэ Советым мэкъуауэгъуэм и 26-м щыпхыкIащ. Ар зи чэзу Iуэхуу зэрыщытым зимыгъэгувэу арэзы техъуащ къэрал УнафэщIри. Законым и хабзэ нэхъыщхьэхэм я гугъу пщIымэ, хуит щамыщI щIыпIэхэм Iэщэ щызыгъауэхэм сом мин 40-м къыщыщIэдзауэ мин 50-м нэскIэ етхьэкъунущ, абы нэмыщI Iэщэри абы и пIатIронхэри къыIахынущ. Абыхэми я закъуэкъым, апхуэдэ хабзэншагъэ зылэжьауэ япэщIэхуам дяпэ илъэси 3-кIэ Iэщэ къищэхунри зэрихьэнри паубыдынущ. Хабзэншагъэр гупым ялэжьамэ, къуэдыр сом мин 50-м къыщIэдзауэ мини 100-м нос. ХабзэщIэм къару игъуэтынущ мы гъэм бадзэуэгъуэм и 30-м щыщIэдзауэ. IэнатIэм зэрызиужьым топсэлъыхь Урысей Федерацэм и Правительствэм и УнафэщI Медведев Дмитрий Башкирием кIуащ, къэралым химие промышленностым зэрызыщиужьым теухуа зэIущIэ абы щригъэкIуэкIыну. ЗэIущIэм хэтынущ вице-премьер Дворкович Аркадий, энергетикэмкIэ министр Новак Александр, Президентым и лIыкIуэу Приволжскэ федеральнэ округым щыIэ Бабич Михаил, министерствэ, IуэхущIапIэ зыбжанэм, щIыдагъэрэ газрэ къыщIэзыш компаниехэмрэ химие комплексхэмрэ я унафэщIхэр. ЦIыху зыхамыгъэхьэ гуэл телъыджэ Дунейм щынэхъ къабзэ дыдэ гуэлыр здэщыIэр Новэ Зеландиерщ. Абы метр 76-кIэ упхыплъыфу къалъытэ. Гуэлым и щIэм унэсыным нэхъ хъуэпсапIэшхуэ уимыIэми, ар къохъулIэнукъым, сыту жыпIэмэ псым ухагъэхьэххэнукъым. Арауэ къыщIэкIынщ ар апхуэдизу щIэ-къабзэри. Гуэл ЩхъуантIэр тенджызым метр 1200-кIэ къыщхьэщытщ. Абы къилъадэ псыр къыхож езым ищхьэжкIэ щыIэ гуэлым. Абы хыхьэу, и щIагъ дуней телъыджэр цIыхухэм яригъэлъагъуну Новэ Зеландием дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэнымкIэ и департаметым хуит ищIар Данием щыщ сурэттех Тиманн Клаус и закъуэщ. Дзэ-тенджыз флотым и авиацэм и махуэщ США-м и лъэпкъ махуэшхуэщ — щхьэхуит щыхъуа махуэщ (1776 гъэм). 1848 гъэм Маркс Карлрэ Энгельс Фридрихрэ я «Коммунист партым и манифест» лэжьыгъэр къыдэкIащ. 1916 гъэм Урысейм и тенджыз кхъухьлъатэзехуэхэр Балтие тенджыз щIыIум щекIуэкIа хьэуа зауэм щытекIуащ. Лозаннэ (Швейцарие) щызэхэтынущ Дунейпсо Олимп Комитетым и зэхуэс. Абы щаубзыхунущ 2018 гъэм гъэмахуэ ныбжьыщIэ Олимп Джэгухэр щекIуэкIыну щIыпIэр. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 23 — 24-рэ, жэщым градус 16 — 19 щыхъунущ. Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29351.txt" }
Ди мэкъумэщыщIэхэм я зэфIэкIыр инщ КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен иджыблагъэ КъБР-м и Правительствэм и зэIущIэ иригъэкIуэкIащ IэнатIэ куэдым я лэжьакIуэхэр кърихьэлIэу. Абы 2011 — 2012 гъэхэм Iуэхур зэрекIуэкIам теухуауэ отчёт щищIащ КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министрым. Къаздэхъу Альберт зэрыжиIамкIэ, нэгъа бэ республикэм мэкъумэш продукцэу сом мелард 30-м нэблагъэ и уасэ (2011 гъэм елъытауэ проценти 104-рэ) къыщалэжьащ. 2008 гъэм еплъытмэ, ар хуэдэ 1,5-кIэ нэхъыбэщ. 2008 — 2012 гъэхэм республикэм псынщIэу къызыпыкIэ жыг хадэу гектар мини 2-м щIигъу, жызум хадэу гектар мин 1,2-м нэблагъэ щыхасащ. Абы и лъэныкъуэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым япэ увыпIэр къэралым щиIыгъщ. Урысей Федерацэм Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм иригъэкIуэкIа зэпеуэхэм фIыуэ зыкъыщигъэлъагъуэри, унэтIыныгъэу 5-м хиубыдэ программэхэр гъэзэщIэным тригъэкIуэдэн папщIэ республикэм 2012 гъэм и закъуэ федеральнэ бюджетым къыхэкIыу сом мелуан 572,5-рэ къратащ. Ахъшэм и куэдагъымкIэ къапщтэмэ, зэпеуэм хэта субъект 66-м щыщу КъБР-м япэ тIу ищауэ аращ. МэкъумэшыщIэ (фермер) хозяйствэхэм зрагъэужьын, мэкъумэшхэкIыу къалэжьымрэ ящэмрэ хагъэхъуэн, къуажэдэсхэр нэхъ нэсу лэжьапIэ IэнатIэхэмкIэ къызэрагъэпэщын папщIэ 2012 гъэм лъандэрэ лэжьэн щIэзыдзагъащIэ фермерхэм ядэIэпыкъуным, унагъуэ Iэщ фермэхэм зегъэужьыным хуэунэтIа программэ хэха зыбжанэ республикэм щагъэзащIэ. Лэжьэн щIэзыдзагъащIэ фермерхэм ядэIэпыкъунымкIэ программэ хэхам хиубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ мэкъумэшыщIэ (фермер) хозяйствэу 253-м грантхэр къратащ. Абы теухуа зэпеуэм хэта щIыналъэ 68-м ящыщу КъБР-м и фермерхэм я бжыгъэмкIэ япэ увыпIэр, бюджет ахъшэу хухахамкIэ еплIанэ увыпIэр къихьащ. Апхуэдэу «Унагъуэ Iэщ фермэхэм зегъэужьыныр» программэм ипкъ иткIэ екIуэкIа зэпеуэм хэта цIыхухэм я бжыгъэмкIи къыхуаутIыпща ахъшэр зыхуэдизымкIи республикэм етIуанэ увыпIэр иIыгъщ. Къуажэхэм зегъэужьын и лъэныкъуэкIэ къапщтэмэ, 2006 — 2012 гъэхэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуажэхэм щыпсэу унагъуэу 1125-м я псэупIэхэр ирагъэфIэкIуащ. 2008 гъэ лъандэрэ къуажэхэм газ зрикIуэ бжьамийуэ километр 58,5-рэ, псы зрикIуэ километри 164-рэ щаукъуэдиящ. Апхуэдэу КъБР-м и къуажэхэм фельдшер-акушер пункту 3, зы школ дащIыхьащ. Сурэтхэр КЪАРЕЙ Элинэ трихащ Министр Къаздэхъу Альберд КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29353.txt" }
Редактор нэхъыщхьэ ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29358.txt" }
ПэщIэдзэ зэIущIэхэр Япэ дивизион Япэ джэгугъуэ Бадзэуэгъуэм и 7 (тхьэмахуэ) «Мордовия» (Саранск) — «Спартак-Налшык» (Налшык) «Динамо» (Санкт-Петербург) — «Арсенал» (Тулэ) «Сибирь» (Новосибирск) — «Торпедо» (Мэзкуу) «Енисей» (Красноярск) — «Ротор» (Волгоград) «Шинник» (Ярославль) — «Нефтехимик» (Нижнекамск) «СКА-Энергия» (Хабаровск) — «Салют» (Белгород) «Газовик» (Тюмень) — «Луч-Энергия» (Владивосток) «Шинник» (Ярославль) — «Балтика» (Калининград) «Уфа» (Уфа) — «Алания» (Владикавказ) «Ангушт» (Нэзрэн) — «Нефтехимик» (Нижнекамск) ЕтIуанэ джэгугъуэ Бадзэуэгъуэм и 13 (щэбэт) «Мордовия» — «Динамо» «Алания» — «Ангушт» «Балтика» — «Химик» (Дзержинск) «Луч-Энергия» — «Шинник» «Салют» — «Газовик» «Ротор» — «СКА-Энергия» «Торпедо» — «Енисей» «Арсенал» — «Сибирь» «Спартак-Налшык» — «Нефтехимик» Ещанэ джэгугъуэ Бадзэуэгъуэм и 18 (махуэку) «Динамо» — «Спартак-Налшык» «Сибирь» — «Мордовия» «Енисей» — «Арсенал» «СКА-Энергия» — «Торпедо» «Шинник» — «Салют» «Химик» — «Луч-Энергия» «Уфа» — «Балтика» «Нефтехимик» — «Алания» Бадзэуэгъуэм и 19 (мэрем) «Газовик» — «Ротор» ЕплIанэ джэгугъуэ Бадзэуэгъуэм и 23 (гъубж) «Мордовия» — «Енисей» «Динамо» — «Сибирь» «Балтика» — «Ангушт» «Луч-Энергия» — «Уфа» «Салют» — «Химик» «Ротор» — «Шинник» «Торпедо» — «Газовик» «Арсенал» — «СКА-Энергия» «Спартак-Налшык» — «Алания» Етхуанэ джэгугъуэ Бадзэуэгъуэм и 28 (тхьэмахуэ) «Сибирь» — «Спартак-Налшык» «Енисей» — «Динамо» «СКА-Энергия» — «Мордовия» «Газовик» — «Арсенал» «Шинник» — «Торпедо» «Химик» — «Ротор» «Уфа» — «Салют» «Ангушт» — «Луч-Энергия» «Нефтехимик» — «Балтика» Гу зылъытапхъэ: 1. МылъкукIэ зэрыпэмылъэщыр и щхьэусыгъуэу Новокузнецк и «Металлург-Кузбасс»-р зэхьэзэхуэм хэкIыжащ. 2. Санкт-Петербург и «Петротрест»-м и цIэр «Динамо»-кIэ яхъуэжащ. 3. Телевиденэм къызэригъэлъэгъуэнум елъытауэ, джэгугъуэхэр щекIуэкIыну махуэхэм зэхъуэжынкIэ хъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29363.txt" }
Иджыри дызэлэжьыпхъэр мащIэкъым
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29367.txt" }
Марие и лъагапIэщIэ Кучие Марие КъБР-м Спортымрэ туризмэмкIэ и министерствэм щекIуэкIащ Кучинэ Мариерэ абы и гъэсакIуэ Iэзэ Габрилян Геннадийрэ я пресс-конференц. Абы щхьэусыгъуэ хуэхъуащ атлетикэ псынщIэмкIэ иджыблагъэ екIуэкIа чемпионатым Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэм лъагагъым елъэнымкIэ дыщэ медаль къызэрыщихьар. Очко 354,5-рэ къихьри а зэхьэзэхуэхэм Урысейм и командэ къыхэхар щытекIуащ. ЕхъулIэныгъэр зи фIыщIэхэм ящыщщ см 198-рэ лъагагъым щхьэпрылъу рекорд зыгъэува Кучинэ Марие. Кучинэр Урысейм и командэ къыхэхам и спортсменкэ нэхъыщIэ дыдэхэм ящыщщ. Илъэс 20 зи ныбжь пщащэр спортымкIэ дунейпсо класс зиIэ мастерщ, ныбжьыщIэхэм я дунейпсо чемпионатым, Сингапур щекIуэкIа ныбжьыщIэхэм я япэ Олимп зэхьэзэхуэм щытекIуащ. Къэралым и щIалэгъуалэ командэ къыхэхам зи зэфIэкI щызыгъэлъагъуэ Кучинэ Марие Прохладнэ къалэм дэт олимп резервхэмкIэ сабий-ныбжьыщIэ школым и гъэсэнщ, КъБР-м и командэ къыхэхахэр щагъэхьэзыр спорт центрым и еджакIуэщ. — Къэбэрдей-Балъкъэрым и унафэщIхэм, псом хуэмыдэу республикэм и Iэтащхьэм, Спортымрэ туризмэмкIэ министерствэм ину фIыщIэ яхузощI ди спорт лIэужьыгъуэм хуащI гулъытэм папщIэ. Дэ сыт щыгъуи зыхыдощIэ псэкIэ, мылъкукIэ зыкъызэрытщIагъакъуэр. А псори Iэмал имыIэу узыхуейщ нэрылъагъу ехъулIэныгъэхэр зыIэрыбгъэхьэн, лъагапIэщIэхэм унэсын папщIэ, — жиIащ Кучинэ Марие. Атлетикэ псынщIэмкIэ цIэрыIуэ спортсменкэмрэ абы и гъэсакIуэмрэ пресс-конференцым кърихьэлIахэм я мурадхэмкIэ ядэгуэшащ. Габрилян Геннадий зыгъэсэныгъэхэр Налшык щра- гъэкIуэкIмэ къазэрыхуэщхьэпэнур къыхигъэщати, ар КъБР-м спортымрэ туризмэмкIэ и министр АфIэунэ Аслъэн диIыгъащ икIи Кучинэм зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэмкIэ иджыри зэ ехъуэхъури, мы махуэхэм щIэзыдзэ ХХVII гъэмахуэ Универсиадэм текIуэныгъэ къыщихьмэ, псоми яфIэкIыу къэралыр, и лъахэр игъэлъапIэмэ зэригуапэр, зэпеуэм зэрыкIэлъыплъынур, Марие абы зэрыщыдиIыгъынур жиIащ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, бадзэуэгъуэм и 6 — 17-хэм Къэзан щекIуэкIынущ ХХVII гъэмахуэ Универсиадэ. УАРДЭ Жантинэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29372.txt" }
Ди щIалэхэр нэхъ лъэщщ Уфа къалэм щагъэлъэпIащ «Динамо» спорт зэгухьэныгъэр илъэс 90 зэрырикъур. Махуэшхуэ зэIущIэм кърихьэлIащ Урысейм ШынагъуэншагъэмкIэ и советым и секретарым и къуэдзэ Нургалиев Рашид. Махуэшхуэм и купщIэ нэхъыщхьэу щытащ махуиплIкIэ екIуэкIа IэпщэрыбанэмкIэ «Динамо» Совет нэхъыщхьэм и урысейпсо чемпионатым и кIэух зэпеуэр. Абы хэтащ УФ-м и щIыналъэ плIыщIым къикIа спортсмени 120-рэ. IэпщэрыбанэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр утыку ирагъэхьащ къэралым и МВД-м, ФСБ-м, ФСКН-м, МЧС-м, таможеннэ къулыкъум, ФСИН-м, нэгъуэщI ведомствэхэм. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменипщI. Ди лIыкIуэхэм медали 6 къахьащ, икIи езыхэр зыхэта гупым я деж командэ зэпеуэм япэ увыпIэр щаубыдащ. Щхьэзакъуэ зэпеуэхэм щытекIуащ Къанэмэт Астемыррэ Тенджыз Арсенрэ. ТIуми Куба къажэм зыщагъасэ. Абыхэм я къуажэгъу Беслъэней Нурмухьэмэд етIуанэ увыпIэр къихьащ. Кубадэс АфIэунэ Аскэрхъан, Дыгулыбгъуей щыщ Хьэжырокъуэ Валерэ, Налшык икIа Ибрахьим Рустам сымэ жэз медалхэр къалъысащ. Ди щIалэхэм я тренерщ Мамхэгъхэ Iэдэмрэ Хьэчимрэ. Гъэунэ Светланэ, КъБР-м Спортымрэ туризмэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29375.txt" }
Хай Флэйм пцIэгъуэплъыр Урысей Федерацэм и Президентым и саугъэтым щыщIэбэна шыгъажэ Москва и ипподром нэхъыщхьэм иджыблагъэ щекIуэкIащ. Къэралым и шы заводхэм я зэпеуэм Малкэм ещанэ увыпIэр къыщихьащ. ПцIэгъуэплъ инджылыз шы лъэпкъ къабзэ Хай Флэйм метр 1800 гъуэгуанэр къыщызэпичым, мащIэ дыдэ- кIэ пашэм къыкIэрыхуауэ аращ. Къэбэрдей-Балъкъэрым ишхэр зэпеуэ лIэужьыгъуэу тхум хэтащ, ауэ ехъулIэныгъэ зыIэрызыгъэхьар Хай Флэйм и закъуэщ. Зэхьэзэхуэм кърихьэлIахэм зэрыжаIамкIэ, пщIэ зиIэ мыпхуэдэ шыгъажэхэр шы гъэхъуным зегъэужьыным утезыгъэгушхуэщ, гукъыдэж къозытщ, сэбэп зыпылъщ. Абыхэм къызэрыхагъэщамкIэ, илъэс къакIуэ КъБР-м и шыгъажэхэм зэпеуэм ехъулIэныгъэ щаIэн папщIэ я гуащIэ еблэжынукъым. КъБР-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29377.txt" }
Къундетхэ зэманым докIу Лъэпкъ зэхуэсым кърихьэлIахэр. Иужьрей зэманым лъэпкъ зэхыхьэхэр къызэрагъэпэщ зэрыхъуар гуапэщ. Зэблагъэхэр, Iыхьлыхэр зэрылъытэу, зэкъуэту къэгъуэгурыкIуэнымкIэ, къэралым зиужьынымкIэ, ефIэкIуэнымкIэ абы мыхьэнэшхуэ иIэщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу Къундетхэ я унэцIэджэгъухэр Адыгэ Республикэми зэрыщыпсэум теухуа хъыбар ИнтернетымкIэ къащыIэрыхьэм, ар зэхагъэкIыну мурад ящIащ. ЩэкIуэгъуэм и 17-м щIалитху Адыгэ Республикэм кIуэри, абы щыпсэу Къундетхэ къагъуэтащ. Лъэпкъ жыг щыхасэу Мейкъуапэ щыIэ бгым екIуалIэхэри, я лъэпкъ жыгыр щагъэтIысащ, Къундет унэцIэри традзэжащ. А щIыпIэм лъэпкъ жыгыу 800-м нэблагъэ хэтщ. ИужькIэ Руфабгъэ псыкъелъэм щIалэхэм я нэгу зыщрагъэужьащ. Шыгъу-пIастэ Iэнэм зэунэцIэджэгъухэр щызэбгъэдэсащ, зэщIэупщIащ, нэхъ гъунэгъууи зэрыцIыхуащ. Абы щыгъуэщ Къэбэрдей-Балъкъэрым лъэпкъыр щызэхуэсыну къыщыхалъхьари, щызэхыхьэну махуэр щаубзыхуари. ЗэхуапIалъэу къагъэлъэгъуа мэкъуауэгъуэм и 17-р къыщыблагъэм, зэрызэгурыIуам хуэдэу, республикищым ис Къундетхэ я нэхъыжьи нэхъыщIи Къундетей (Шэджэм ЕтIуанэ) къуажэм щызэIущIащ. Зэхуэсыр къызэрагъэпэщащ лъэпкъым и нэхъыжьу республикищми щыхаха Къадир (Къэбэрдей-Балъкъэр), Мурат (Адыгей), Руслан (Къэрэшей-Шэрджэс) сымэ. Къундетей жылэр зи IэмыщIэ илъа Къундетыпщым и кхъащхьэм лъэпкъым щыщхэр япэ щIыкIэ кIуащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым ис Къундетхэ я нэхъыжь Музэриф абдеж щытепсэлъыхьащ Къундетыпщым и гъащIэм, и дуней тетыкIам. Абы жиIащ Къундетхэ нэхъ лъэпкъыжь дыдэхэм зэращыщыр, хабзэкIэ, лэжьыгъэкIэ, псэукIэкIэ зэманым зэрыдекIур, нэхъыжьхэм я IуэхущIафэхэр къащIэхъуэ щIэблэм я гъуазэу къызэрыгъуэгурыкIуэр. Шэджэм ЕтIуанэ къуажэ администрацэм и Iэтащхьэ КIыщ Хьэсэни яхэту, гупыр абы икIри, пелуан Лашын щызэуа чэщанэжьым кIуащ. КIыщ Хьэсэн зэIущIэм хэт дэтхэнэми узыншагъэ, гуфIэгъуэ, насып яIэну ехъуэхъури, лъэпкъым адэкIи зиужьыну зэригуапэр яжриIащ. Бахъсэн и «Берычэт» шхапIэм Къундетхэ къыщаIэта Iэнэ берычэтым здыпэрысым, Къундетей къуажэр къызэрыунэхуам теухуауэ къыщаIуэтэжа хъыбарыр гъэщIэгъуэнщ… Гъатхэ пасэт. ЩIымахуэ уэсыр ткIужри, Бахъсэныжьыр уэру къиуат. Къызбрун бгым Тамбий Къэбардэ, зы блыгущIэт щIыгъуу, тетт. Абы ирихьэлIэу кIахэ адыгэхэм ящыщ зэкъуэшищ — Къундет, Къылъшыкъуэ, Гъубж — псым къыIухьащ. Тамбиипщымрэ и блыгущIэтымрэ гу лъатащ абыхэм. БлыгущIэтым зыхуигъазэри Къэбардэ жиIащ: «Псыр къызэпызыупщIыфым сипхъу Зулихъан щхьэгъусэ хуэсщIынщ, си мылъкум и зэхуэдитIри естынщ». Къундет псы къэукъубеям къыхыхьэри, зримыгъэхьэхыну еныкъуэкъуурэ зэпиупщIри, адрей Iуфэм къыщыхутащ. Ар шым къепсыхри Тамбиипщымрэ абы и гъусэмрэ гуапэу фIэхъус ярихащ. БлыгущIэтым пщым жиIар Къундет хуиIуэтэжри, къыкIэлъыкIуэ махуэм абы деж лъыхъу игъэкIуащ. ХьэгъуэлIыгъуэр зэфIэкIа нэужь, пщым и пхъумрэ малъхъэмрэ унэ яхуиухуэри игъэтIысыжащ. ИлъэскIэ зэдэпсэуауэ, Зулихъан и дыщым щыкIуэжыну пIалъэр къыщыблагъэм, щхьэгъусэм еупщIащ и адэм сыт хуэдэ саугъэтхэр къыIихмэ нэхъыфIми. Къундет куэдрэ мыгупсысэу, выфэкIэ къыпхуэубыдыну щIым хуэдиз и адэм къыIихыну жриIащ. Зулихъан щхьэгъусэм и псалъэр фIэгъэщIэгъуэн хъуауэ и дыщым кIуэжащ. МазэкIэ и дыщым щыхьэщIауэ кIуэжыну зыщигъэхьэзырым, Зулихъан зыхуейм хуэдиз Iэщ, мэл, пщылI здишэну и адэм къыщыжриIэм, щхьэгъусэм къызэригъэIущар ищIэжырти, выфэкIэ къыпхуэубыдынум хуэдиз щIы къритыну елъэIуащ. Адэр арэзы хъуащ жылэм щигъуэтыну выфэ нэхъ ин дыдэр пхъум здихьыну. КъыкIэлъыкIуэ пщэдджыжьым Къундет выр иукIщ, фэр трихри, псыгъуэ кIыхьу зэпиупщIащ. Фэдэнхэр къищтэри щыкъу адэм и деж кIуащ. Зэхуэса жылэр и щыхьэту выфэм къиубыд щIым хуэдиз къищтащ. Тамбиипщым ар зэригъэщIэгъуэнур имыщIэу щытт, къуажэдэсхэри адэкIэ къэхъунум пэплъэу зэхэтт. Къундет и фэдэнымкIэ къиубыдат Бахъсэн аузым щыщIэдзауэ Щхьэлыкъуэпсым нэс, Тохъутэмыщей (Лашынкъей) къуажэм щегъэжьауэ Алътуд къуажэм нэсыху. ЛIэщIыгъуиплI-тхукIэ узэIэбэкIыжмэ, апхуэдэ щIыкIэкIэ къэунэхуащ Къундетей къуажэр, щIалэм и цIэр зыфIищыжа жылэр. Къыхэгъэщыпхъэщ, адыгэ лъэпкъым и унагъуэцIэхэмрэ къуажэхэмрэ я тхыдэм мыпхуэдэ хъыбархэм гъунэжу узэрыщрихьэлIэр. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, зи жылэ, зи лъэпкъ и къекIуэкIыкIам щымыгъуазэхэри щыIэщ. Ауэ къуажэ зыбжанэм я тхыдэр тхылъу дунейм къызэрытехьар гуапэщ. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, «Арщыдан къуажэм и тхыдэр», «Къэхъун къуажэм и тхыдэр», «Псыхъурейдэсхэм я къекIуэкIыкIам теухуа дэфтэрхэр», «Махъсидэхэрэ Атэлыкъхэрэ я лъэпкъым и къекIуэкIыкIар», нэгъуэщIхэри. Медицинэм, спортым, щэнхабзэм, гъуазджэм, экономикэм, нэгъуэщI унэтIыныгъэхэм хэлъхьэныгъэфI хуэзыщIа цIыху гъуэзэджэхэр, еджагъэшхуэхэр Къундетхэ къазэрыхэкIам дыщыгъуазэщ. Лъэпкъым и нэхъыжьхэм я гъуэгу дахэм тет я щIэблэри Москва, Налшык и еджапIэ нэхъыщхьэхэм щоджэ. Ар и щыхьэтщ лъэпкъыр зэрыузыншэм. ЦIыху 80-м щIигъу зыхэта Къундетхэ я зэхыхьэм нэхъыжьхэм унафэ къыщащтащ бжьыхьэм Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм лъэпкъыр щызэхуэсыну. Ар зэхуапIалъэу зэбгрыкIыжащ. Къундетхэ я къуажих Тыркум щыIэщи, абыхэми зэхуаIэ пы-щIэныгъэр ягъэбыдэну я мурадщ. Къундетхэ я пщащэ дахэхэр. Сурэтхэр КЪУНДЕТ Альберд (КъШР) трихащ. КIЫЩ Светланэ, ТЕКIУЖЬ Заретэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29379.txt" }
Зыужьыныгъэм хущIокъу ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрыр илъэс 20 щрикъум ирихьэлIэ зэIущIэ Налшык и «Синдика» хьэщIэщым щэбэт кIуам щекIуэкIащ. ЩIэныгъэ центрым и унафэщI Иуан Пётр, абы и нэIэм щIэту лажьэ IэщIагъэлI гупым я махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуну гуфIэгъуэм зыкърагъэхьэлIащ КъБР-м и Парламентым и Тхьэмадэ Чеченов Ануар, Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Портэ Галинэ, ди республикэм, къэралым, хамэ щIыпIэхэм щыIэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм къикIа щIэныгъэлI цIэрыIуэхэр, депутатхэр, нэгъуэщIхэри. ГуфIэгъуэ зэIущIэм къыхузэрагъэпэща гъэлъэгъуэныгъэр абы къекIуэлIа псоми хуабжьу хьэлэмэт ящыхъуащ. ЩIэныгъэ центрым и IэщIагъэлIхэм я къалэмыпэм илъэс 20-м къриубыдэу къыщIэкIа лэжьыгъэ купщIафIэхэм къадэкIуэу, абы къыщыгъэлъэгъуат щIэныгъэлIхэм я акъылым къихьа иджырей техникэ хьэлэмэтхэр, технологие пэрытыр зи лъабжьэ методикэ къэхутэныгъэхэр. Апхуэдэхэт, псалъэм папщIэ, нащэ къыщIэзычыф, нартыху къыдэзычыф, автомашинэхэр зытхьэщIыф, лагъым къэзыгъуэтыф роботхэр, адыгэбзэмрэ балъкъэрыбзэмрэ джэгукIэр я лъабжьэу зэрадж технологиехэр, нэгъуэщI къэхутэныгъэщIэхэр. КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен РАН-м и КъБЩIЦ-м и юбилеймкIэ зэрехъуэхъу тхыгъэм къызэхуэсахэм я пащхьэ къыщеджащ Портэ Галинэ. «КъызэрызэIуахрэ зэманышхуэ дэмыкIами, ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым гъуэгуанэ купщIафIэ къикIуащ, ехъулIэныгъэ лъагэхэр зыIэригъэхьащ. Абы и IэщIагъэлIхэр хьэлэлу хуолажьэ ди республикэм, къэралым я зэIузэпэщыныгъэр, зыузэщIыныгъэр нэхъри къэIэтыным, — итт тхыгъэм. — ЩIэныгъэ центрыр хъуащ лъэпкъ IэщIагъэлI цIэрыIуэхэм я кIыщ. КъБЩIЦ-м и IэщIагъэлIхэм сохъуэхъу ди республикэм и цIэр жыжьэ зыгъэIун къэхутэныгъэщIэхэр яIэну, щIэныгъэм ехъулIэныгъэщIэхэр щызыIэрагъэхьэну». АдэкIэ Портэ Галинэ къеджащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Унафэм. Ар теухуат КъБЩIЦ-м и щIэныгъэлIхэм ящыщ зыбжанэ гъэпэжэным. КъБР-м и ЩIыхь тхылъыр хуагъэфэщащ Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ институтым и унафэщI Бгъэжьнокъуэ Барэсбий, Информатикэмрэ щIыналъэ управленэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым и къудамэм и унафэщI БжэIумых Аниуар, Бгылъэ щIыпIэхэм я экологиемкIэ институтым и унафэщIым щIэныгъэ IуэхухэмкIэ и къуэдзэ Кононенкэ Екатеринэ, Бахъсэн нейтринэ обсерваторэм и унафэщI Кузьминов Валерий, Социально-политикэ къэхутэныгъэмкIэ центрым и щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыщхьэ Къущхьэбий Анзор, АстрономиемкIэ и институтым Терскол щиIэ къудамэм и пашэ Тарадий Владимир сымэ. Апхуэдэу «КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэр фIащащ центрым и IэщIагъэлI гупым, фIыщIэ, щытхъу тхылъхэр иратащ IэнатIэм и щIэныгъэлIи 5-м. КъБЩIЦ-м и IэщIагъэлIхэм я махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуу зэIущIэм къыщыпсэлъащ Чеченов Ануар. — Илъэс 20-р — ар цIыхур зэпIэзэрытыныгъэм щиувэ, мурадыщIэхэр щищI, ехъулIэныгъэщIэхэм щыхуэпабгъэ ныбжьщ, — жиIащ абы. — Ди республикэм и лъэхъэнэ нэхъ гугъухэм ящыщ зым хуэзащ щIэныгъэ центрым и къызэгъэпэщыныгъэр, арщхьэкIэ зэман кIэщIым къриубыдэу ар лъэ быдэкIэ уващ икIи дунейпсо цIэрыIуагъ зиIэ лэжьыгъэшхуэхэр зэфIигъэкIащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и зыужьыныгъэм ипэжыпIэкIэ хуэлажьэ IэнатIэм ехъулIэныгъэщIэхэр иIэну дохъуэхъу. И къэпсэлъэныгъэм и кIэухыу Чеченовымрэ КъБР-м и Парламентым Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и комитетым и унафэщI Дадэ МуIэедрэ Парламентым къыбгъэдэкI ЩIыхь тхылъхэр щIэныгъэлI зыбжанэм иратащ. РАН-м и КъБЩIЦ-м и унафэщI Иуан Пётр зэIущIэм щищIа докладыр теухуат илъэс 20-м и кIуэцIкIэ IэнатIэм и IэщIагъэлIхэм зыIэрагъэхьа ехъулIэныгъэхэмрэ дяпэкIэ яIэ мурадхэмрэ. ГуфIэгъуэ зэIущIэм къыщыпсэлъащ къэралым и щIэныгъэ центрхэм, еджапIэ нэхъыщхьэхэм я унафэщIхэу Амирханов Хъызыр, Кусраев Анатолэ, Матишов Геннадий, Бырсыр Батырбий, Беслъэней Мурадин, Батаев Денэ, Рахаев Анатолэ сымэ, нэгъуэщIхэри. КъыкIэлъыкIуэ махуэм щIэныгъэлIхэм я лэжьыгъэм щыпащащ Прикладной математикэмкIэ щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым. Абы щекIуэкIа симпозиумым ди къэралым и щIэныгъэлIхэм я гъусэу хэтащ Украинэм, Германием къикIа хьэщIэхэр. Жыласэ Маритэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29384.txt" }
ЩIыхь зыпылъ гъуэгуанэ Мы махуэхэм илъэс 20 ирокъу ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрыр къызэрызэIуахрэ. IуэхущIапIэр къызэгъэпэщыным гугъуехь куэд пылъами, абы етхьэлIа къаруушхуэр псыхэкIуадэ зэрымыхъуар нобэ нэрылъагъущ. Ди республикэм и щIэныгъэлIхэм мы зэманым Iэмал псори яIэщ купщIафIэу лэжьэн папщIэ. КъБЩIЦ-м къикIуам уриплъэжмэ, къыжыIэн хуейщ ар IуэхугъуэфIхэмкIэ гъэнщIа, ехъулIэныгъэфIхэр щыкуэд щIыхь зыпылъ гъуэгуанэу зэрыщытыр. ЩIэныгъэ центрыр къызэгъэпэща зэрыхъуам сыщытепсэлъыхькIэ, къыхэзгъэщыну сыхуейщ апхуэдэ IуэхущIапIэ ди щIыналъэм къыщызэIусхыфыну зыми я фIэщ хъууэ зэрыщымытар. А лэжьыгъэм щIэздзащ 1992 гъэм, КъБР-м и Совет Нэхъыщхьэм щIэныгъэмрэ егъэджэныгъэмкIэ и комиссэм и унафэщIу сыщыту. Есхьэжьа Iуэхум зыгуэр къикIыну я фIэщ хъуртэкъым республикэм и унафэщI дыдэхэми, арщхьэкIэ сэ сызыхуейр зыт: щIыналъэ унафэщIхэр абыкIэ арэзы хъунырти, ар зыIэрызгъэхьащ. Iуэхур къызыхуэтыншэу зэфIэха хъун папщIэ, ин-цIыкIуми лэжьыгъэ куэд зэтеублэн хуейт. РАН-р унэтIыныгъэ куэд, къудамэ мымащIэ къызэщIэзыубыдэ щIэныгъэ IуэхущIапIэщ. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми зэгурыIуэныгъэхэр ещIылIэн, епсэлъылIэн хуейт. Псалъэм папщIэ, нейтриннэ обсерваториер ядернэ физикэмкIэ къудамэм щыщт, абы и унафэщIхэм уагурыIуэну тынштэкъым. Апхуэдэт адрей къудамэхэри унэтIыныгъэхэри. ЖыпIэнурамэ, «мыр Iуэху тыншт» зыхужыпIэн зыри хэтакъым КъБЩIЦ-м и къызэгъэпэщыныгъэм. Дауэ хъуами, нобэ сэ срогушхуэ апхуэдэ щIэныгъэ IэнатIэ лъэщ ди республикэм зэрыщылажьэм. Илъэс 20-м къриубыдэу щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэ куэд зэфIэдгъэкIащ, ехъулIэныгъэфIхэри зыIэрыдгъэхьащ. Нэхъыщхьэращи, IэщIагъэлI минхэм щIэныгъэ-къэхутэныгъэхэр зэфIах хъунущ, щIыналъэм и гъунапкъэхэм имыкIыу. Апхуэдэ щIыкIэкIэ ди республикэм иIэ хъуащ зэфIэкI лъагэ, зэчиишхуэ зыбгъэдэлъ щIэныгъэлI цIэрыIуэхэр. Дунейпсо мыхьэнэ Прикладной математикэмрэ автоматизацэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтыр. ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрыр (КъБЩIЦ) 1993 гъэм мэкъуауэгъуэм и 29-м къызэIуахащ. Абы и къалэн нэхъыщхьэр къэрал, республикэ программэхэм япкъ иткIэ фундаментальнэ, прикладной щIэныгъэ къэхутэныгъэхэр егъэкIуэкIынырщ. КъБЩIЦ-м хохьэ щIэныгъэ IуэхущIапIи 6-рэ щIэныгъэ центру тIурэ. Абыхэм я нэхъыжь дыдэр Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ институтырщ. Ар 1926 гъэм къызэIуахащ. Институтым мы зэманым и унафэщIщ тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор Бгъэжьнокъуэ Барэсбий. Прикладной математикэмрэ автоматизацэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтыр 1991 гъэм къызэригъэпэщащ щIэныгъэлI цIэрыIуэ, физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор Нэхущ Iэдэм. Иджыпсту абы и унафэщIщ физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор Нэхущ Викторие. РАН-м и КъБЩIЦ-р илъэс 20 щрикъум теухуа гуфIэгъуэ зэIущIэр йокIуэкI. КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Чеченов Ануар ЩIыхь тхылъ Биттировэ Тамарэ ирет. Налшык. 2013 гъэ, мэкъуауэгъуэм и 29. РАН-м Экологиемрэ эволюцэмкIэ и институтым, Северцевым и цIэр зезыхьэм, епхауэ лажьэ Къэбэрдей-Балъкъэр экологие станцымрэ РАН-м ГеографиемкIэ и институтым и щIыпIэ географие станцымрэ я лъабжьэу 1994 гъэм ди республикэм къыщызэIуахащ Бгылъэ щIыпIэхэм я экологиемкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтыр. Куэд щIакъым абы зэрыфIащрэ институтым и къызэгъэпэщакIуэу щыта щIэныгъэлI цIэрыIуэ, биологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, РАН-м и член-корреспондент Тембот Аслъэнбий и цIэр. Институтым и лэжьыгъэхэр зэрегъакIуэ абы и унафэщI, биологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, РАН-м и член-корреспондент Тембот ФатIимэт. Абы къыкIэлъыкIуэу, си жэрдэмкIэ, 1996 гъэм къызэIутхащ Информатикэмрэ щIыналъэ управленэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтыр. Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым и къудамэ щхьэхуэхэщ Ядернэ къэхутэныгъэхэмкIэ Урысей Академием ди щIыпIэм щиIэ Бахъсэн нейтриннэ обсерваторэр. Абы и унафэщIщ физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор Кузьминов Валерэ. РАН-м АстрономиемкIэ и институтым Терскол щиIэ къудамэм и пашэщ физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор Тарадий Владимир. КъБЩIЦ-м хэту мэлажьэ Географие къэхутэныгъэхэм я центрымрэ (унафэщIыр техникэ щIэныгъэхэм я доктор Марченкэ Павелщ) Социально-политикэ къэхутэныгъэхэм я центрымрэ (унафэщIыр тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат Борэ Аслъэнщ). Иуан Пётр РАН-м и КъБЩIЦ-м щызэфIах дунейпсо мыхьэнэ зиIэ къэхутэныгъэхэр. Апхуэдэу Ядернэ къэхутэныгъэхэмкIэ Урысей Академием и Бахъсэн нейтриннэ обсерваторэм илъэс 20-м щIигъукIэ иригъэкIуэкIащ дыгъэм епха къэхутэныгъэ хьэлэмэтхэр. Обсерваторэм и IэщIагъэлIхэр жыджэру хэтщ GERDA дунейпсо къэхутэныгъэм, нэгъуэщI щIэныгъэ къэпщытэныгъэхэм. Дэ дрогушхуэ икIи дропагэ дунейпсо мыхьэнэ зиIэ апхуэдэ лэжьыгъэ купщIафIэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым зэрыщызэфIахыфым, абыхэм ехъулIэныгъэфIхэр къазэрыдэкIуэм. ЩIыналъэ зыужьыныгъэр ди плъапIэщ Информатикэмрэ щIыналъэ управленэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр иститутыр нэгъабэ зэлэжьа унэтIыныгъэхэм къарикIуа къэхутэныгъэхэм ящыщу 2-р хагъэхьащ РАН-м и Президиумым ищIа «2012 гъэм РАН-м зыIэригъэхьа щIэныгъэ ехъулIэныгъэхэр» отчётым. КъищынэмыщIауэ, институтым иригъэкIуэкI инновацэ лэжьыгъэхэмрэ зэфIих щIэныгъэ къэхутэныгъэхэмрэ я лъабжьэу убзыхуа хъуащ «КъБР-м 2030 гъэ пщIондэ социально-экономикэ и лъэныкъуэкIэ зэрызиужьыну стратегие» дэфтэрыр. Псалъэм къыдэкIуэу жысIэнщи, мы лэжьыгъэм текIуэдакъым къэрал мылъкум щыщу зы соми. Апхуэдэу дукъуэдиящ щIэныгъэлIхэм — дэ тлъэкIынущ а лэжьыгъэхэм хуэдэхэр зэфIэтхын, нэгъуэщI IэщIагъэлIхэр къедмышалIэу, къэрал мылъкуи абы тедмыгъэкIуадэу. Физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор Нэхущ Iэдэм. КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен и деж щылажьэ Жылагъуэ советыр арэзы техъуащ а стратегием икIи абы къыщыгъэлъэгъуа Iуэхугъуэхэр гъащIэм хэпщэным яужь ихьапхъэу къилъытащ. А дэфтэрым щыдубзыхуащ лъэпкъ экономикэм зиужьын папщIэ, гулъытэ хэха зыхуэщIыпхъэ унэтIыныгъэхэр. Адрей щIыналъэхэм яIэ апхуэдэ стратегиехэм къащхьэщыкIыу, ди дэфтэрым лъабжьэ хуэтщIар математикэ къэхутэныгъэхэрщ. Апхуэдэу а стратегием къыщыдгъэлъэгъуащ лэжьыгъэр зэрекIуэкIым укIэлъыплъ зэрыхъуну мардэхэри. Ахэр и тегъэщIапIэу КъБР-м и Правительствэр автоматизированнэу кIэлъыплъыфынущ зыужьыныгъэр зэрекIуэкIым, абы хэлъ (е къыхыхьэ) лъэпощхьэпохэр зэрагъэзэхуэжыфынущ. Стратегиер хуабжьу сэбэп хъунущ республикэм зиузэщIынымкIэ. Нанотехнологиер къыдогъэсэбэп Филологие щIэныгъэхэм я доктор Улаков Махъты. Информатикэмрэ щIыналъэ управленэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым 2011 гъэ лъандэрэ къепхауэ мэлажьэ хозяйственнэ IэнатIэхэу «N`Art Robotix» корпорацэмрэ «Компьютер лингвистикэ» зэгухьэныгъэмрэ. Абыхэм я гуащIэм къихьащ инновацэ проек зыбжанэ, иджыпсту а IэнатIэхэм щолэжь робот-комбайнхэр, робот-сапёрхэр щIыным. КъБР-м и Правительствэм етщIылIа зэгурыIуэныгъэм, инновацэхэр дэIыгъыным ехьэлIа щIыналъэ программэм япкъ иткIэ, КъБР-м щыпсэу лъэпкъхэм я бзэхэм я электрон псалъалъэхэр зэхыдогъэувэ. А унэтIыныгъэмкIэ дызэлэжьа дэфтэр зыбжанэ гъащIэм къыщыгъэсэбэпын хуэдэу хьэзыр тщIащ. Приборхэр щызэпкъралъхьэу Берлин дэт IFG GmbH институтым зэгурыIуэныгъэ етщIылIэри, микро, наноструктурэ зиIэ абджхэмрэ рентген оптикэмрэ я технологиехэм епха къэхутэныгъэ хьэлэмэтхэр едгъэкIуэкIащ. Ди институтыр зэлэжьа щIэныгъэ унэтIыныгъэхэм ехъулIэныгъэфIхэр щызыIэрыдгъэхьащ. Абыхэм ящыщ куэд къэралпсо текIуэныгъэу къилъытащ ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием. Уасэ зимыIэ къэхутэныгъэхэр Биологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, РАН-м и член-корреспондент Тембот Аслъэнбий. Бгылъэ щIыпIэхэм я экологиемкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым, Тембот Аслъэнбий и цIэр зезыхьэм, щызэфIах къэхутэныгъэ купщIафIэхэр хуэунэтIащ ди республикэм и щIыуэпсыр нэсу джыным. Институтым и IэщIагъэлIхэм я фIыгъэкIэ къэхута икIи джа хъуащ УФ-ми КъБР-ми я Тхылъ Плъыжьхэм иратха къуалэбзу зыбжанэм я псэукIэр. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, къуршыбгъэ, къашыргъэ лIэужьыгъуэхэр, нэгъуэщIхэри. Хьэрш къэпщытэныгъэхэр, радар топографие сурэтхэр къагъэсэбэпурэ, Кавказым щыяпэу зэфIагъэуващ Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэзхэм я шыфэлIыфэр, абыхэм я теплъэр, щыпсэу псэущхьэхэр, къуалэбзухэр, къыщыкI жыгхэр, удз лIэужьыгъуэхэр, щIыхэм я зэхэлъыкIэр нэсу къыщыгъэлъэгъуауэ. КъБР-м и Парламентым Экологиемрэ щIыуэпсыр къэгъэсэбэпынымкIэ и комитетым и унафэкIэ, КъБР-м и Правительствэм хуэгъэза чэнджэщхэр дубзыхуащ. Абыхэм къыщыгъэлъэгъуащ мэзхэм я щытыкIэм зэрыкIэлъыплъын хуей щIыкIэхэр, щэкIуэгъуэ лъэхъэнэмрэ узэщакIуэ хъуну псэущхьэхэмрэ ехьэлIа лэжьыгъэхэр, нэгъуэщIхэри. Институтым и лэжьакIуэхэм гулъытэншэ ящIыркъым 2014 гъэм Сочэ щекIуэкIыну Олимп джэгухэм щхьэкIэ ирагъэкIуэкI ухуэныгъэхэм ди щIыуэпсым ират зэхъуэкIыныгъэхэр. Абыхэм зэреплъхэр къыщыгъэлъэгъуащ «Олимп- ухуэныгъэ» къэрал корпорацэм хуэгъэза дэфтэрхэм. Географие къэхутэныгъэхэм я центрым и унафэщI, техникэ щIэныгъэхэм я доктор Марченкэ Павел. Лъэпкъ щIэныгъэлIхэр зэлэжь дэтхэнэ зы унэтIыныгъэми, ирагъэкIуэкI дэтхэнэ къэхутэныгъэми уасэ иIэкъым лъэпкъпсо хъугъуэфIыгъуэр — щIыналъэ щIыуэпсыр — хъумэнымкIэ. ИгъащIэкIи дызэгъусэщ РАН-м и КъБЩIЦ-м Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ институтым иригъэкIуэкIащ адыгэхэм я лъэпкъ щэнхабзэр джыным хуэунэтIа къэхутэныгъэ хьэлэмэтхэр. Абыхэм къарикIуахэм ящыщщ адыгэхэм я гъащIэм биинымрэ залымыгъэмрэ япэщIэувэ хабзэ куэд зэрыхэлъар наIуэ зэрытщIар. Пётр Езанэм иригъэкIуэкIа политикэм Кавказ Ищхъэрэм щиубыда увыпIэмрэ абы и мыхьэнэмрэ къыщыгъэлъэгъуащ «XVIII лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэ плIанэм Кавказ Ищхъэрэм Урысейм щригъэкIуэкIа политикэр» монографие къэхутэныгъэм. Апхуэдэу «Адыгэ IуэрыIуатэр», «Нартхэр. Адыгэ эпос» тхылъхэм ярыт хъыбарыжьхэм къыщыгъэлъэгъуащ тхыдэ-щэнхабзэ лъапIэныгъэ куэд, лъэпкъпсо мыхьэнэ зиIэ персонаж хьэлэмэтхэр. Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ институтым и унафэщI, тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор Бгъэжьнокъуэ Барэсбий. Институтым иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм къарикIуа Iуэхугъуэшхуэхэм ящыщщ адыгэ лъэпкъ тхыдэр зэрызэхэт Iыхьэхэр, лъэпкъ гупсысэм и зыужьыныгъэм жылагъуэм и дежкIэ иIэ мыхьэнэр убзыхуа зэрыхъуар, нэгъуэщIхэри. Дэфтэр хъумапIэхэм щIэлъ тхылъхэу ди лъэпкъ тхыдэм, адыгэхэмрэ гъунэгъу лъэпкъхэмрэ (тенджыз ФIыцIэм и Iуфэм Iус къэзакъхэм, апхуэдэу балъкъэрхэм, абазэхэм, абхъазхэм, Урысей къэралым) яку дэлъа зэпыщIэныгъэхэм ехьэлIахэр я лъабжьэу дунейм къытехьащ тхылъ хьэлэмэтхэр, купщIафIэхэр. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, «Кавказ Ищхъэрэмрэ Урысеймрэ XVIII лIэщIыгъуэм яку дэлъа зэпыщIэныгъэхэр» къэхутэныгъэ иным и зи чэзу тхылъыр. Абыхэм къыщыгъэлъэгъуащ а лъэхъэнэ жыжьэм а лъэпкъхэм дуней псом щаубыду щыта увыпIэр зыхуэдэр, езыхэм яку дэлъа зэхущытыкIэхэри къыщыгъэнэIуащ. VIII-XII лIэщIыгъуэхэм я тхыдэ-археологие щIыпIэ цIэрыIуэхэр (Хъумэрэ, КIэфар, Архъыз Ищхъэрэ) джа зэрыхъуам Iэмал къитащ Псыжь Ипщэм X-XII лIэщIыгъуэхэм щыIа алан феодал къэралыгъуэм иубыду щыта щIыналъэм, щыпсэуа цIыхухэм, яхэлъа хабзэхэм ятеухуа щIэныгъэщIэхэр къэунэхуным. Лъэпкъ щэнхабзэм и лIыкIуэхэр Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ институтым и IэщIагъэлIхэм Урысей щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ я центру Рим щыIэмрэ (Санта-Кроче и Уардэунэ) Сурэтхэм я центрымрэ адыгэ лъэпкъ щэнхабзэм теухуа гъэлъэгъуэныгъэ хьэлэмэтыщэ къыщызэрагъэпэщащ. Кавказ лъэпкъхэм я гъащIэм гъунэгъуу щымыгъуазэ европейхэм хуабжьу яфIэгъэщIэгъуэнащ а гъэлъэгъуэныгъэр зэрызэхэлъа Iыхьэ псори. РАН-м и член-корреспондент Тембот ФатIимэт. Къыхэзгъэщыну сыхуейщ: мы гъэм къыщыщIэдзауэ Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ институтым мылъку хухэзыхыр РАН-рщ, IуэхущIапIэр академическэ институт щIыным епхауэ илъэс куэдкIэ екIуэкIа лэжьыгъэр зэфIэха хъуащ. Географие къэхутэныгъэхэм я центрым щрагъэкIуэкI лэжьыгъэхэр ехьэлIащ геологие щIыуэпс шынагъуагъым и технологие схемэхэм, Гарабаши мылылъэм и щытыкIэм. GeoMedia программэр къагъэсэбэпурэ, а мылылъэм и гъунапкъэхэм ягъуэт зэхъуэкIыныгъэхэр къахутэ. РАН-м и КъБЩIЦ-м Социально-политикэ къэхутэныгъэхэмкIэ и центрым и IэщIагъэлIхэр йолэжь хамэ къэралхэм щыпсэу адыгэхэм Хэкум къагъэзэжыным епха зэщIэхъееныгъэм. XX лIэщIыгъуэм и кIэухым хэпщIыкIыу зиужьащ абы. Ди зэпыщIэныгъэхэр Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрыр и лэжьыгъэкIэ, иригъэкIуэкI къэхутэныгъэхэмкIэ япыщIащ ди къэралым, хамэ щIыпIэхэм щыIэ щIэныгъэ IуэхущIапIэхэм, еджапIэ нэхъыщхьэхэм. Мы зэманым зэгурыIуэныгъэхэр етщIылIауэ дадолажьэ Урысей Ипщэм щыIэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм, Приборхэр щызэпкъралъхьэу Берлин дэт IFG GmbH институтым, Украинэм и НАН-м КибернетикэмкIэ и институтым, РАН-м ГеографиемкIэ и институтым, «Системпром» концерным, «Телемеханика» заводым икIи технопаркым. Урысей гидрометым и Бгы лъагэ геофизикэ институтыр ди гъусэу, КъБР-м и щIыуэпсым и геофизикэ щытыкIэхэр къэхутэным долэжь. Ипщэ федеральнэ университетым и Таганрог технологие институтым етщIылIа зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ, мэлажьэ щIыналъэ лабораторэ хэхар. Информатикэмрэ щIыналъэ управленэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым и щIэныгъэлIхэм спецкурсхэр щрагъэкIуэкI Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм хыхьэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм. Тарадий Владимир Прикладной математикэмрэ автоматизацэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтыр, РАН-м и Президиумыр мылъкукIэ щIэгъэкъуэн къыхуэхъуурэ, «ЩIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм ядэIэпыкъун» программэм хэтщ. Абы ипкъ иткIэ, институтым къыщызэIуахащ щIэныгъэ-егъэджэныгъэ центр. Абы хохьэ «Дифференциальнэ уравненэхэмрэ математическэ физикэмрэ» кафедрэмрэ еджапIэ нэхъыщхьэ зыбжанэ зэпызыщIэ математикэ кафедрэмрэ. Центрым гулъытэ хэха щыхуащI щIэныгъэм япэ лъэбакъуэ хэзычэ щIалэгъуалэм ядэIэпыкъуным. 2012 гъэм къриубыдэу IэнатIэр ядэлэжьащ Урысей Федерацэм, хамэ къэралхэм я щIэныгъэ IуэхущIапIэ 27-м. Бгылъэ щIыпIэхэм я экологиемкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтыр шэщIауэ ядолажьэ РАН-м и къудамэ зыбжанэм, Урысейм и энтомологие, ботаникэ зэгухьэныгъэхэм, Ипщэ щIыпIэхэм я промышленнэ экологиемкIэ институтым, Урысей географие зэгухьэныгъэм, Адыгэ Республикэм и Лъэпкъ музейм, МКъУ-м, Санкт-Петербург, Ипщэ федеральнэ, Саратов къэрал медицинэ университет- хэм, КъБКъУ-м, АКъУ-м, КъБКъМУ-м, нэгъуэщI куэдми. Апхуэдэу институтыр дунейпсо мыхьэнэ зиIэ программэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ япыщIащ Швейцарием, Болгарием, Куржым, Сербием, Армением, Азербайджаным, Тыркум, Ираным, нэгъуэщI къэралхэми щыIэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм, щIэныгъэ центрхэм. Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ институтым и IэщIагъэлIхэр КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм и гъусэу йолэжь къэбэрдей-шэрджэс литературэр зэрадж тхылъхэр зэхэгъэувэным. Лъэпкъ егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ епха Iуэху куэд зэгъусэу зэфIах адыгэ республикэхэм щыIэ щIэныгъэ-къэхутэныгъэ институтхэм. Апхуэдэу Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ институтыр проект хэхахэмкIэ ядолажьэ Абхъазым ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием, Абхъаз университетым, нэгъуэщIхэми. Дунейпсо щIэныгъэ симпозиум Налшык щокIуэкI. 2008 гъэ Махуэшхуэ зэхыхьэ ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым къикIуа гъуэгуанэр икъукIэ купщIафIэщ. Абы къепха IэнатIэхэм илъэс 20-м къриубыдэу щызэфIахащ щIыналъэпсо, къэралпсо, дунейпсо мыхьэнэ зиIэ къэхутэныгъэхэр, ахэр зэрыт тхылъищэхэр дунейм къытехьащ. Нэгъабэ и закъуэ къэтщтэнщи, КъБЩIЦ-м хыхьэ щIэныгъэ IэнатIэхэм я IэщIагъэлIхэм къыдагъэкIащ монографие 22-рэ, щIэныгъэ статьяхэр щызэхуэхьэса тхылъи 10, архив дэфтэрхэр зэрыт тхылъышхуэ, зэреджэ тхылърэ методикэ лэжьыгъэу 13. Ахэр щIэх-щIэхыурэ зыхэт дунейпсо, къэралпсо симпозиумхэм, конференцхэм, семинархэм, нэгъуэщI зэхыхьэхэм щащIа докдад 800-м нэс къытрадзэжащ щIэныгъэ журнал цIэрыIуэхэм. Апхуэдэу ди IэщIагъэлIхэм зэфIаха къахутэныгъэхэм къыхуагъэфэщащ УФ-м и патент. Хабзэ зэрыхъуащи, щIэныгъэлIхэм ди махуэшхуэхэр догъэлъапIэ тхузэфIэкIахэм дыщриплъэж, ди мурадыщIэхэр щыдубзыху зэхыхьэхэмкIэ. Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрыр илъэс 20 зэрырикъум теухуа апхуэдэ дунейпсо симпозиум мы махуэхэм Налшык щызэхэтащ. Ди лъэпкъ щIэныгъэлI цIэрыIуэхэр, хамэ къэралхэм къикIа лIыкIуэхэр жыджэру зыхэта а зэхыхьэшхуэр купщIафIэу екIуэкIащ. Хэку псор ипэкIэ зыгъэкIуэтэфын лэжьыгъэ инхэр яхузэфIэхынущ ди щIыналъэм и щIэныгъэлIхэм. ЩIэныгъэм и зыужьыныгъэм хуэфэщэн къэрал гулъытэ дапщэщи игъуэтын хуейщ, гъунэ зимыIэ а фIыгъуэр ди Хэкум, абы и цIыхухэм я ехъулIэныгъэм нэсу хуэлэжьэфын папщIэ. ИУАН Пётр, техникэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, РАН-м и КъБЩIЦ-м и тхьэмадэ, Информатикэмрэ щIыналъэ управленэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым и унафэщI, УФ-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29391.txt" }
КъБР-м и ТВ-мрэ и радиомрэ 1 КъБР «Мир» канал Блыщхьэ, бадзэуэгъуэм и 8 7.00 Мультфильм (6+) 7.20 «Iущыгъэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (6+) 7.40 Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» 8.15 «Зи IэщIагъэм хуэпэж». Республикэ клиникэ сымаджэщым и лэжьакIуэ Къанло Феня (12+) 8.40 «ЦIыкIураш». Сабийхэм папщIэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (6+) 9.00 «Ретроспектива». «Домбай». Телевизионнэ фильм (12+) 9.10 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 18.00 Мультфильм 18.10 «Орайда». Концерт. ПэщIэдзэр 19.30 Мультфильм 19.40 «Ууаз» (балъкъэрыбзэкIэ) 20.10 «Зы уэрэдым и хъыбар» (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.30 «ЩIыуэпс» (адыгэбзэкIэ) (12+) 21.05 «Жылагъуэм и сэбэп зыхэлъ». Анэм хухах ахъшэр къызэрагъэсэбэп хъуну щIыкIэр (16+) 21.40 ХъыбарыщIэхэр Гъубж, бадзэуэгъуэм и 9 7.00 Мультфильм (6+) 7.15 «Дызэгъусэу». Тележурнал (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 8.00 «Нобэ, пщэдей…». Ищхъэрэ. КъуэкIыпIэ техникэ университетым и профессорхэу ШкIахъуэ Мухьэмэдрэ Таймаз Эролрэ. (адыгэбзэкIэ) (12+) 8.35 «ФIым телэжьэн». КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Даур Иринэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 9.05 «Зыгъэпсэхугъуэ, зыгъэпсэхугъуэ…» (6+) 9.35 «Мыхьэнэ зиIэ псалъэмакъ». КъБР-м и цIыхубз унафэщIхэм я зэгухьэныгъэ (16+) 18.00 Мультфильм 18.10 «Орайда». Концерт. КIэухыр (12+) 19.30 Мультфильм (6+) 19.45 «Гъунапкъэхэр». Тележурнал (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 20.15 «Чемпионхэр». СССР-м иджырей пятиборьем и мастер Зенин Сергей (12+) 20.40 «Динымрэ гъащIэмрэ» (адыгэбзэкIэ) (12+) 21.10 «Зэпэджэж лъэхъэнэхэр». КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ Нало Заур и гукъэкIыжхэр. Япэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (12+) 21.40 ХъыбарыщIэхэр Бэрэжьей, бадзэуэгъуэм и 10 7.00 Мультфильм 7.20 «Литературэм теухуа псалъэмакъ» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 8.00 «Джэрпэджэж». Тележурнал (адыгэбзэкIэ) (16+) 8.35 «Нанэ и псэ». Адэ-анэхэм папщIэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (16+) 9.05 Филологие щIэныгъэхэм я доктор Алъхъэс Светланэ (16+) 9.40 «Спорт хъыбархэр» (12+) 18.00 Лепс Григорий и концерт (16+) 19.30 «Сэ фIыуэ слъагъу уэрэд». Концерт (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 20.05 «Чемпионхэр». КъБР-м спортым и ветеранхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Къуэдзокъуэ Анатолэ (12) 20.30 «ЦIыхубэ IэпщIэлъапщIагъэр». Пхъэм елэжь IэпщIэлъапщIэ Евдокимов Андрей (12+) 21.05 «Зэпэджэж лъэхъэнэхэр». КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ Нало Заур и гукъэкIыжхэр. ЕтIуанэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (12+) 21.30 «Зи чэзу псалъэмакъ» (16+) 21.40 ХъыбарыщIэхэр Махуэку, бадзэуэгъуэм и 11 7.00 Мультфильм (6+) 7.10 «И дуней». УсакIуэ Ольмезов Мурадин (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 7.55 «Ретроспектива». «Танзиля». Телевизионнэ фильм 8.05 «Адыгэ уэрэдыжьхэр». Адыгэ уэрэдыжьхэр Щомахуэ Хьэсэнбий егъэзащIэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 8.50 «ЩIэныгъэлI». Биологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор КIэрэф Майе (адыгэбзэкIэ) (12+) 9.15 «НэхъыфI псори — сабийхэм». «Зори Кавказа» турбазэр къызэIуах. Ташлы-Тала къуажэ (12+) 9.35 «Щыпсэу щIыналъэр и псэм хэлъщ». Тау Пщыкъан зыхэт нэтын (12+) 18.00 «Лъагъуныгъэм и макъамэ». ПащIэ Еленэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 19.30 «Бзэмрэ псэкупсэмрэ». Этнограф Журтубаев Махъты (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 20.00 «ЩIэныгъэлI». Физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор Алшагъыр Борис (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.35 «Зэпэджэж лъэхъэнэхэр». КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ Нало Заур и гукъэкIыжхэр. Ещанэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (12+) 21.00 «КъэкIуэнур нобэрей махуэм пыщIащ». Театрымрэ киномрэ я артист Апэнэс Астемыр (12+) 21.40 ХъыбарыщIэхэр Мэрем, бадзэуэгъуэм и 12 7.00 Мультфильм (6+) 7.10 «Илъэсхэмрэ уэрэдхэмрэ» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 7.55 «Ретроспектива». «Песня табунщика». Телевизионнэ фильм (12+) 8.05 «Гум имыхуж». УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ Сибэч Быхуэ (адыгэбзэкIэ) (16+) 8.35 «Ди псэлъэгъухэр». Техникэ щIэныгъэхэм я кандидат Сэбаншы Заур (адыгэбзэкIэ) (16+) 9.05 Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэм я къэрал-правовой зыужьыныгъэм теухуауэ. Дунейпсо щIэныгъэ-практикэ конференцым къратыкI репортаж (16+) 9.35 «ЩIымрэ цIыхухэмрэ». Лэскэн куейм щыIэ «Плодовод» мэкъумэш IэнатIэр (12) 18.00 Мультфильм 18.10 «ЗэфIэкI зиIэ ныбжьыщIэхэр» (6+) 18.30 «Жьыщхьэ махуэ». Лашынкъей щыпсэухэу Хьэгъэжейхэ Мухьэбрэ Хъаджэтрэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 19.30 «Седьмая скорость». Автомобилистхэм папщIэ тележурнал (16+) 19.45 «Сурэтхэм къаIуатэ». Япэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 20.00 «Гъэмахуэм». Гъэмахуэ зыгъэпсэхупIэ лагерь «Налмэс» (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.25 «Зэпэджэж лъэхъэнэхэр». КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ Нало Заур и гукъэкIыжхэр. ЕплIанэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.50 «49-нэ каналым и пощт» (12+) Щэбэт, бадзэуэгъуэм и 13 7.00 Мультфильм (6+) 7.15 «Зэчиймрэ IэпщIэлъапщIагъэмрэ». Драматург Маммеев Ибрэхьим (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 7.55 ХъыбарыщIэхэр 8.10 «Гъэмахуэм» (адыгэбзэкIэ) (12+) 8.40 «Чемпионхэр». Къанщыкъуей зэкъуэшхэу Заур, Адэлбий, Борис сымэ (12+) 9.10 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 18.00 Мультфильм (6+) 18.10 «Iущыгъэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (6+) 18.30 «Сурэтхэм къаIуатэ». ЕтIуанэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 18.45 «Ыйыкъ». ХъыбарыщIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ) 19.00 «Лъэпкъыр зэкъуэтмэ — лъэщщ». Дунейпсо адыгэ зэхуэсышхуэ (адыгэбзэкIэ) (16+) 19.45 «Республикэм щыхъыбархэр». ХъыбарыщIэхэр (адыгэбзэкIэ) 20.00 «Тхьэм и унэм ухуэзышэ гъуэгу» (12+) 20.30 «Гупсысэр — псалъэкIэ» (16+) 21.05 «49-нэ каналым и пощт» (12+) Тхьэмахуэ, бадзэуэгъуэм и 14 7.00 Мультфильм (6+) 7.10 «ЦIыхубэ зэчиифIэхэр». Кудаев Магомет (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 7.40 «Ыйыкъ». ХъыбарыщIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ) 8.00 «Унагъуэ». Налшык къалэ щыпсэу Алохэ я унагъуэр (адыгэбзэкIэ) (12+) 8.25 «Республикэм щыхъыбархэр». ХъыбарыщIэхэр (адыгэбзэкIэ) 8.40 «Сабиигъуэм и плъыфэхэр». СурэтыщI ныбжьыщIэхэм я зэпеуэм щытекIуахэм я лэжьыгъэхэр ягъэлъагъуэ (12+) 9.10 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 18.00 Мультфильм 18.15 «IуэхуфI лэжьыным хуэгъэпса мурадхэр». Къэрэшей-балъкъэр щIалэгъуалэм я «Эльбрусоид» фондыр илъэси 10 ирокъу. ЕтIуанэ Iыхьэ (12+) 19.15 «ЦIыхухэм я сэбэп зыхэлъым хуолажьэ». Бахъсэн къалэ (12+) 19.45 «IэпщIэлъапщIэ». Макитов Арсен (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 20.15 КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ, щIэныгъэлI Нало Заур къызэралъхурэ илъэс 85-рэ щрикъум ирихьэлIэу. «ЛIэщIыгъуэм и цIыху». (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.45 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 21.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» 22.00 «Зэманым екIуу» (16+) КъБР-м и ТВ Блыщхьэ, бадзэуэгъуэм и 8 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ) 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ) 14.30, 17.15, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 18.30 «Унагъуэ альбом». Этчеевхэ я унагъуэр 19.10 «Кавказым щыпсэу лъэпкъи 100» Гъубж, бадзэуэгъуэм и 9 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр 9.00 «Тау адет». Лъэпкъ хабзэхэр (балъкъэрыбзэкIэ) 9.30 «Реалекс» 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ) 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ) 14.30, 17.15, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 18.30 «Зэманымрэ цIыхумрэ». Курданов Валерэ и гъащIэмрэ и творчествэмрэ 19.00 «Адыгэ зэхуэс». Сирием щыпсэу адыгэхэм ядэIэпыкъун папщIэ зэхаша марафоным къратыкI репортаж 19.20 «Зэманым и лъэужь» Бэрэжьей, бадзэуэгъуэм и 10 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ) 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ) 14.30, 17.15, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 18.30 «Без фальши». ЩIалэгъуалэ программэ 19.30 «Дыгъуасэ. Нобэ. Пщэдей». «Ислъэмей» ансамблыр Махуэку, бадзэуэгъуэм и 11 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр 9.00 «Нобэ япщэфIахэр» 9.30 «Тоути» 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ) 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ) 14.30, 17.15, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 18.30 «Универсиада-2013». Ток-шоу. Эфир занщIэ Мэрем, бадзэуэгъуэм и 12 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр. 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ) 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ) 14.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 17.15 ЩIыпIэ зэман. Кавказ Ищхъэрэм щыхъыбархэр 18.30 «Псэм къыбгъэдэкI псалъэмакъ» Бэрэгъун Марианнэ 19.05 «Жьэгу пащхьэм и хуабэ» Щэбэт, бадзэуэгъуэм и 13 8.10, 11.10, 14.20 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 10.05 «Нобэ япщэфIахэр» 10.40 «Реалекс» Тхьэмахуэ, бадзэуэгъуэм и 14 10.20 ЩIыпIэ зэман. «Тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» 14.20 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр ВГТРК-м и радио Блыщхьэ, бадзэуэгъуэм и 8 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10 7.25 — 7.45 Теунэ Хьэчим. «Мэз бжэн» рассказ (адыгэбзэкIэ). 7.45 — 8.00 Таукеновэ Галинэ «Уэрэдыр тыгъэ фхузощI» (балъкъэрыбзэкIэ). 10.15 — 10.30 «Гугъэ. ФIэщхъуныгъэ. Лъагъуныгъэ». 13.25 — 13.45 «Iуэху куэд щызэфIагъэкI блыщхьэ». 13.45 — 14.00 ШэджыхьэщIэ Аслъэнбий уэрэд жеIэ (адыгэбзэкIэ). Гъубж, бадзэуэгъуэм и 9 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.10, 10.00, 13.10, 16.I0, 18.10 7.25 — 7.45 Концерт (адыгэбзэкIэ). 7.45 — 8.00 Маммеев Ибрэхьим. «ШыщIэ хужь», япэ Iыхьэ (балъкъэрыбзэкIэ). 10.15 — 10.30 Чуковский Корней. «Айболитрэ и Муха Цокотухэрэ» (адыгэбзэкIэ). 13.25 — 13.45«Iуэху нэхъыщхьэм теухуауэ». 13.45 — 14.00 «Таурыхъхэм я ауз». Бэрэжьей, бадзэуэгъуэм и 10 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.10, 10.00, 13.10, 16. 00, 18.10 7.25 — 7.45 Уэрэдымрэ абы и тхыдэмрэ (адыгэбзэкIэ). 7.45 — 8.00 Маммеев Ибрэхьим. «ШыщIэ хужь, етIуанэ Iыхьэ (балъкъэрыбзэкIэ). 10.15 — 10.30 Гергоковэ Тамарэ «Си лъахэм теухуа уэрэдхэр (балъкъэрыбзэкIэ). 13.25 — 14.00 Театрыр микрофоным Iутщ. IутIыж Борис «Гъуабжэгъуэщ». Япэ Iыхьэ (адыгэбзэкIэ). Махуэку, бадзэуэгъуэм и 11 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 10.00, 13.10, 16.10, 18.10 7.10 — 8.00 «Жьырытэдж» (адыгэбзэкIэ). 10.15 — 10.30 Къэшэж Иннэ и усэхэм къытращIыкIа концерт. 13.25 — 14.00 «Хьэплъыфэ mix». Мэрем, бадзэуэгъуэм и 12 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10 7.25 — 8.00 «Жьырытэдж». Нэгузегъэужь нэтын. 10.15 — 10.30 Щоджэн Хьэбас и тхыгъэ кIэщIхэр (адыгэбзэкIэ). 13.25 — 13.45 «Ууаз» (балъкъэрыбзэкIэ). 13.45 — 14.00 «Инджылызыбзэр Джэдгъэф Маринэ и гъусэу зыдогъащIэ». Щэбэт, бадзэуэгъуэм и 13 10.10 — 11.00 «Кавказ пшэплъхэр». 12.10 — 12.25 «КъБР: махуэр махуэм кIэлъыкIуэу». ХъыбарыщIэхэр (адыгэбзэкIэ). 12.25 — 12.40 «КъБР: махуэр махуэм кIэлъыкIуэу». ХъыбарыщIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ). 12.40 — 13.00 Уэрэд цIэрыIуэхэм я концерт (адыгэбзэкIэ). Тхьэмахуэ, бадзэуэгъуэм и 14 10.10 — 10.25 «КъБР: махуэр махуэм кIэлъыкIуэу». ХъыбарыщIэхэр. 10.25 — 11.00 Театрыр микрофоным Iутщ. IутIыж Борис «Гъуабжэгъуэщ». ЕтIуанэ Iыхьэ (адыгэбзэкIэ). 12.10 — 13.00 «Си къуажэ». Бабугент (балъкъэрыбзэкIэ). КъБР-м и радио Блыщхьэ, бадзэуэгъуэм и 8 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 13.00, 14.00, 15.00, 16.00, 17.00, 18.00 7.15/13.05 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 7.45/14.50 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.20/16.32 «ЩIэныгъэм я дунейм — зыплъыхьакIуэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.40/14.35 «Лэгъупыкъу». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ). 9.00/18.05 «Зэпсэлъэгъухэр» (урысыбзэкIэ). 9.25/18.30 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ). 10.05 «Утыку» (адыгэбзэкIэ). 10.25/16.05 «Макъамэ яхъумахэр» (адыгэбзэкIэ). 11.05/17.05 «Зэныбжьэгъухэм я гушыIэкIэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.25/17.25 «Уэрэдыр тыгъэ фхузощI» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.48/17.48 «Гюрен». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 12.05/15.35 «Дуней тетыкIэ» (урысыбзэкIэ). 12.25/15.05 «КъехьэкI-нехьэкI зыхэмылъ псалъэмакъ» (урысыбзэкIэ). 14.05/14.35 «Дыхьэшхэным и хъуреягъкIэ» (адыгэбзэкIэ). Гъубж, бадзэуэгъуэм и 9 7.45/14.45 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 8.20/16.30 «Ди хъугъуэфIыгъуэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «Зэманыр, къэхъукъащIэхэр, Iуэху еплъыкIэхэр» (урысыбзэкIэ). 9.20/18.25 «Гукъыдэж» (урысыбзэкIэ). 10.05 «Адыгэхэр: тхыдэр, хабзэр» (адыгэбзэкIэ). 10.50/15.50 «Зэхэфха? Флъэгъуа?» (адыгэбзэкIэ). 11.05/17.30 «Балъкъэр цIыхубэ уэрэдхэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.30/17.05 «Гъэмахуэр нэгузыужь лъэхъэнэщ» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.05/15.30 «Классикэ макъамэм и концерт» (урысыбзэкIэ). 12.25/15.05 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ). 12.45/14.30 «Зи чэзу Iуэхум теухуауэ» (адыгэбзэкIэ). 14.05/16.05 «Макъамэ калейдоскоп» (адыгэбзэкIэ). Бэрэжьей, бадзэуэгъуэм и 10 7.45/14.50 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 8.20/17.05 «Къонгуроучукъ». Сабийхэм папщIэ (балъкъэрыбзэкIэ). 8.45/16.50 «Гюрен». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «Зи чэзу Iуэхум теухуауэ» (урысыбзэкIэ). 9.25/18.25 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ). 10.05/16.05 «Адэжь щIыналъэ» (адыгэбзэкIэ). 10.25/16.20 Концерт (адыгэбзэкIэ). 11.05/11.22 «Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ). 11.30/17.30 «Сэлам алейкум» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.05/15.05 «Гъуазджэм и щIыналъэ» (урысыбзэкIэ). 12.40/15.40 «Кавказым и симфоние» (урысыбзэкIэ). 14.05/14.30 «Уэрэдыр и Iэпэгъуу» (адыгэбзэкIэ). 14.30/14.50 «Усыгъэм и сатыр мыкIуэдыжынухэр…» (адыгэбзэкIэ). Махуэку, бадзэуэгъуэм и 11 7.45/18.43 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 8.20/17.05 «Дэ къытхуэнар» (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «Нэхъыщхьэм теухуауэ кIэщIу» (урысыбзэкIэ). 9.20/15.25 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ). 9.30/15.45 «Псэм и макъамэ» (урысыбзэкIэ). 9.42/15.35 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 10.05/16.05 «Динымрэ гъащIэмрэ» (адыгэбзэкIэ). 10.20/16.20 «Гухэлъ уэрэдхэр» (адыгэбзэкIэ). 10.45/16.45 «ДунейгъафIэ». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ). 11.05/14.05 «Лэгъупыкъу» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.30/17.35«Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ). 12.05/15.05 «Макъамэхэр» (урысыбзэкIэ). 12.30/18.20«Дуней тетыкIэ» (урысыбзэкIэ). 14.30/15.00 «Пшыналъэ». Нэгузегъэужь нэтын (адыгэбзэкIэ). Мэрем, бадзэуэгъуэм и 12 7.45/18.39 «Щэнхабзэм теухуауэ» (адыгэбзэкIэ). 8.20/17.30 «Дыщэ пхъуантэ цIыкIу» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.35/14.05 «Уэсылъэ къуршхэм я макъамэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «ГъащIэ упщIэ» (урысыбзэкIэ). 9.25/15.35 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ). 10.05 «Эфирыр псоми папщIэ» (адыгэбзэкIэ). 10.25 «ФIыуэ тлъагъу макъамэхэр» (адыгэбзэкIэ). 10.45/16.05 «Таурхъан». Сабийхэм папщIэ таурыхъхэр (адыгэбзэкIэ). 11.05/13.50 «Гуапагъэмрэ уахътыншагъэмрэ ятеухуауэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.20/17.05 «Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ). 11.45/17.45 «Гюрен» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.05/15.05 «Гъуазджэм и щIыналъэ» (урысыбзэкIэ). 12.35/18.20 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ). 12.44/18.29 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 14.30/16.25 «Ди гъусэу зывгъэпсэху» (адыгэбзэкIэ). Щэбэт, бадзэуэгъуэм и 13 7.00/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 7.38/13.38 «ЛIэщIыгъуэр лIэщIыгъуэм кIэлъыкIуэу» (адыгэбзэкIэ). 8.00/15.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/15.25 «Илъхьэм» (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.00 «Я гулъытэ нэхъыщхьэр зыхуэгъэзар» (урысыбзэкIэ). 9.25/18.25 «Концерт» (урысыбзэкIэ). 9.45/18.45 «Усыгъэм и сатыр мыкIуэдыжынухэр…» (урысыбзэкIэ). 10.00/10.30 «Дэрэжэгъуэ». Нэгузегъэужь нэтын (адыгэбзэкIэ). 10.50/14.30 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 11.00/16.00 «Зэныбжьэгъухэм я гушыIэкIэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.21/16.21 «Топалайчыкъ». Сабийхэм папщIэ (балъкъэрыбзэкIэ). 11.30/16.30 «Iуащхьэмахуэ и щыгум щыIу уэрэдхэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.00/17.00 «Гукъыдэж» (урысыбзэкIэ). 12.44/17.44 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 14.00/14.50 «Радиотеатр» (адыгэбзэкIэ). Тхьэмахуэ, бадзэуэгъуэм и 14 «ХъыбарыщIэхэр». Тхьэмахуэм къэхъуахэр (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 8.00, 10.00, 12.00, 14.00, 15.00, 17.00 7.00/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 7.40/14.40 «Лъэпкъ прозэм и напэкIуэцIхэр» (адыгэбзэкIэ). 8.10/15.10 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.45/15.40 «Гюрен». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.00 «Iуэху нэхъыщхьэм теухуауэ» (урысыбзэкIэ). 9.35/18.35 «Дыщыпсэу дунейм» (урысыбзэкIэ). 9.45/18.45 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 10.10/14.10 «Ди зэIущIапIэм» (адыгэбзэкIэ). 10.40/10.58 «Зыгъэпсэхугъуэхэр, зыгъэпсэхугъуэхэр…» (адыгэбзэкIэ). 11.00/16.00 «Ди хъугъуэфIыгъуэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.10/17.10 «Театрыр микрофоным Iутщ» (урысыбзэкIэ). 13.35/14.00 «Уэрэд, къызэрыфэ пшыналъэ цIэрыIуэхэр» (адыгэбзэкIэ).
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29410.txt" }
Къэбэрдей-Балъкъэрым и экономикэм и лъэбакъуэщIэ Республикэм щрагъэжьа проектым хуэдэ Урысейм щыIэкъым Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Май районым яужь зыщихьар илъэс зыбжанэкIэ зыпэплъа Iуэхущ — абы щрагъэжьащ Кавказ Ищхъэрэм и мызакъуэу Урысей псом щынэхъ ин дыдэу полимер къабзэхэм щелэжьыну «Этана» заводым и ухуэныгъэр. Проектым и концепцэр 2010 гъэм и гъэмахуэм къыхалъхьауэ щытащ. Абы щыгъуэ ди къэралым и экспертхэм ар тегушхуауэ даIыгъатэкъым. Сыту жыпIэмэ, «Этана» предприятэм хуэдэу дуней псом щыIэр пщIы бжыгъэ зыбжанэщ, я нэхъыбэри Азием щызэгъэуIуащ. Компанием зызрипщытыр къалэнышхуэIуэти, ар псынщIэу икIи тэмэму яхузэфIэхыну фIэщщIыгъуейт. Полимерхэр — кIэух нэгъэса зиIэ лэжьэкIэм тегъэпсыхьауэ зэтраухуэну IэнатIэ ин дыдэм и щIэдзапIэщ. И къалэн нэхъыщхьэр ерыскъы промышленностым папщIэ къыщIагъэкIыну полиэтилентерефталатыр и лъабжьэу, ВТО-м къигъэувхэм япэхъуну продукцэ щагъэхьэзырыну агрокластер къызэгъэпэщынырщ. КъищынэмыщIауэ, къэралым и Ипщэ щIыналъэхэм я экономикэм дапщэщи увыпIэ хэха щызыIыгъ промышленность псынщIэр къаIэтыжын щхьэкIэ, щэкI IуэхущIапIэхэм папщIэ полимерхэр къыщIагъэкIынущ. Компаниер полимерхэм езыр-езыру елэжьынущ, заводыр ирагъажьэмэ, абы IэнатIэщIэхэр къыдэунэхунущ. Предприятэм и Iэшэлъашэм (гектар 60-м нэблагъэм) илъэс псом хадэхэкIхэр щагъэкIыну теплицэ пщIы бжыгъэхэм, Iэщ, бдзэжьей хозяйствэм я индустриальнэ парк зэIузэпэщ къыщыунэхунущ. Ухуэныгъэм къыдэкIуэу, сабий гъэсапIэхэр, иджырей спорт комплексхэр, нэгъуэщI псэуалъэхэр хэту «Этана» заводым и лэжьакIуэхэм папщIэ ягъэтIысыну поселкэр зыхуэдэнур ягъэбелджылы. Предприятэр цIыху миным яухуэнущ, 350-р а щIыпIэм щыщщ. ЯутIыпщмэ, республикэм и цIыху мини 3,5-м нэблагъэ лэжьыгъэкIэ къызэригъэпэщынущ, щIыналъэ бюджетым илъэсым сом мелард хэхъуэу къыхуихьынущ. Проектыр и кIэм нагъэсмэ, IэнатIэщIэхэр къызэIуахынущ, абыхэми цIыху мини 5-м щIигъум лэжьыгъэ щагъуэтынущ, Къэбэрдей-Балъкъэрым хэхъуэ нэхъыбэ къыIэрыхьэнущ. Республикэм псэуалъапхъэхэр щызыгъэхьэзырхэми я фейдэ хэлъщ — ухуэныгъэм ирахьэлIэнухэм я процент 30-м нэсыр абыхэм я деж къыщащэхунущ. — Ди жагъуэ зэрыхъущи, егъэлеяуэ дышэчыщIщ, — жеIэ «Этана» заводым и унафэщI Iэщын Сергей. — Ди проектым къэрал шэсыпIэхэр къратын и пэ къихуэу, дунейпсо экономикэм и зыужьыкIэр, Кавказ Ищхъэрэм бизнес Iуэхур зэрыщызэтеувэр илъэс зыбжанэкIэ дджащ, программэм и дэтхэнэ пунктми куууэ делэжьащ. ФIэщхъуныгъэ тхэлъти, мурадыр къыдэхъулIащ. Нэм фIэбэр Iэм ещI Проектыр ягъэлъагъуэу, къэрал шэсыпIэ зэригъуэтрэ илъэсым нэблэгъащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен къызэрыхигъэщамкIэ, мы Iуэхур тегушхуэгъуафIэу щытакъым. — ЗэрыжаIэщи, нэм фIэбэр Iэм ещIэ. «Этана»-м и концепцэр дгъэзэщIэн папщIэ дызыхуей псори диIэщ. IэщIагъэлI Iэзэхэр, жэрдэмыщIхэр, къызэгъэпэщакIуэ жыджэрхэр ди куэдщ. Дызытегушхуэ Iуэхур и кIэм зэрынэдгъэсынум шэч къытесхьэркъым. Ди къалэн нэхъыщхьэр инновацэ экономикэм зегъэужьынырщ. НэгъуэщIхэм дапэхъун щхьэкIэ, иджырей технологиехэр къэдгъэсэбэпын хуейщ. Агробизнесымрэ туризмэмрэ республикэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ яIэщ. Ауэ промышленнэ IэнатIэхэр къэдмыIэту, а тIум я хьэкъкIэ цIыхухэм IэнатIэ тхуетынукъым. Абы къыхэкIыу, сом мелард 15 — 20 и уасэ «Этана» инвестицэ проект иныр гъэзэщIэн зэрыщIэддзар Къэбэрдей-Балъкъэрым и экономикэм дежкIэ хэлъхьэныгъэшхуэщ, — къигъэлъэ-гъуащ республикэм и Iэтащхьэм. «Этана» заводыр щаухуэну щIыпIэр къыхэхынми зэманыфI ихьащ. И Iэшэлъашэм щызэтраухуэну мэкъумэш кластерымрэ социальнэ псэуалъэхэмрэ папщIэ щIыIэнэщIышхуэ хуейт. Абы ухуакIуэ техникэм хуиту зыщигъазэу, иужькIэ лэжьакIуэхэмрэ поселкэм щыщхэмрэ тыншу щызекIуэу щытыпхъэт. — Осетие Ищхъэрэм и гъунапкъэм пэмыжыжьэу хуэфащэ щIыпIэ Май районым къыщыдгъуэтат. Ауэ ар жьэгъущIэс щIыпIэт, мэкъумэш щIапIэт, хъупIэти, абы деIусакъым. Къамыгъэсэбэп, хъер къэзымыт щыIэти, ар къыхэтхащ. Псы гъужам хуэзати, псыхъуэр нэгъуэщIыпIэкIэ тшащ, IущIапIэхэр дэтщIеящ, нэпкъхэр дгъэбыдащ, псы гъэкъэбзапIэхэр дыухуащ, зэфэну псымрэ IэнатIэм къыщагъэсэбэпынумрэ я къыщIэшыпIэхэр щхьэхуэу дубрууащ, ток кIапсэхэр дыукъуэдиящ. Апхуэдэу заводым екIуэлIэну гъущI гъуэгум и лъабжьэр дгъэбыдащ, — жиIащ Iэщын Сергей. – Инфраструктурэм пыщIа лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIыну щIыпIэхэр гъэхьэзырыным сом мелардрэ мелуан щитхум нэблагъэ хэтлъхьащ. Мыбдеж щыпсэунухэм, щылэжьэнухэм, щеджэнухэм, сабий щызыпIынухэм я сэбэп зыхэлъхэри къыдолъытэ. Ахэр япэ идгъэщ Iуэхугъуэхэм ящыщщ. Къэгъэлъэгъуапхъащ «Этана» заводым и унафэщIхэр Май районым щыпсэухэм тIэунейрэ зэрахуэзар икIи абы щыгъуэ псори зыгъэпIейтей упщIэ къызэрагъэувар. Апхуэдэщ экологием ехьэлIар. Ерыскъы, щэкI промышленностым папщIэ полиэтилентерефталат полимер къабзэу илъэсым тонн мин 486-м нэблагъэ къыщIагъэкIынущ. Урысей рынокым дежкIэ ар къызэрымыкIуэу бжыгъэшхуэщ. Апхуэдизым зэраныгъэ къашэнкIэ мышынэ. Абыхэм шынагъуэ зэрыпымылъыр цIыхухэм гурагъэIуащ. Къапщтэмэ, Корей Ипщэм апхуэдэ предприятэм и Iэшэлъашэм нартыху къыщагъэкI, нэгъуэщI къэралхэм заводхэм я гъунэгъубзэу жылагъуэхэр щопсэу. Абы щыгъуэми, предприятэ щхьэхуэхэр зытетыр илъэс 30 и пэкIэ щыIа технологиехэрщ. «этана» заводым къыщагъэсэбэпынур дуней псом щынэхъыфI иджырей технологие пэрытхэрщ. ЗэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ, Европэм щыщ я дэрэгъухэм я къэхутэныгъэщIэхэр зэпсэлъэныгъэ лей хэмыту, Къэбэрдей-Балъкъэрым и проектым хагъэхьэнущ. Арами, IэщIагъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, «Этана» заводым къыщагъэсэбэпыну технологиехэм къапэхъун иджыри дяпэ илъэс 50-кIэ къахуэгупсысынукъым. — Экологие экспертизэ едгъэкIуэкIри, абы кърикIуам щIыпIэм щыпсэухэр хэдгъэгъуэзащ. Зэрыщыту химие промышленностым ди IэнатIэм нэхъ къабзэ яхэткъым. Абы кIэрыхубжьэрыху иIэнукъым, фIей лъэпкъ хьэуам хиутIыпщхьэнукъым. Iугъуэ икIыпIэ закъуи заводым хэтщIыхьынукъым. Предприятэм и зэран экологием зэрекIынур шэщIауэ ягъэлажьэ къалэ автобусипщI хуэдизыр къабзагъэм зэрегуауэм ебэкIынукъым. Дызэрылэжьэнур кIэух нэгъэса зиIэ технологием тетущ. Лей къэхъунур биопланктон куэд зыхэлъ псырщ. Абы осетр бдзэжьей щыбгъэхъуну уасэ иIэкъым, апхуэдизу къабзэщи! — къыхигъэщащ заводым и унафэщIым.-Экологием пыщIауэ Май районым щыпсэухэр зыгъэпIейтей нэгъуэщI зы Iуэхугъуэми сыкъытеувыIэнут. Продукцэм и къабзагъэр къызэралъытэр абы ацетальгиду хэлъыр зыхуэдизырщ. Зы бжыгъэ (единицэ) закъуэм тещIыхьауэ апхуэдэу хэлъыну хуит ящIыр дэ и зэхуэдитIкIэ дгъэмэщIащ. Республикэм зеузэщIыж Къэбэрдей-Балъкъэрым и властхэм къыдаIыгъри, щIыпIэм щыпсэухэм я арэзыныгъэ хэлъу, «Этана»-м ЕвропэмкIэ игъэзащ. Абы дэрэгъу къыхуэхъуащ жыр мыулъий пIащIэхэр, гъущIым зэрелэжь станокхэр, лифтхэр, эскалаторхэр къыщIэгъэкIынымкIэ дуней псом щыпашэ «Thyssenkrupp Uhde Gmbh» промышленнэ нэмыцэ концерн лъэрызехьэр. «Этана»-м чэнджэщкIэ къыдэIэпыкъуащ «Pricewaterhouse Coopeers» дунейпсо консалтинг, аудит компание цIэрыIуэр. Предприятэм и адрей проектхэри щыпхигъэкIкIэ, чэнджэщэгъу нэхъыщхьэу ар къищтэну и мурадщ. «Этана»-м къыдэлэжьэну хьэзырщ мэкъумэш, ерыскъы, щIыдагъэ, химие, ухуэныгъэ, технологие IэнатIэхэмкIэ дуней псом щыпэрыт «Янсен Депперинк» (Нидерландхэр), «Бюллер АГ» (Швейцарие), «Лотте Кемикал» (Корее республикэ), «Хитачи Плант Технолоджис» (Японие), «Удэ Инвента Фишер», «Ренейссанс Констракшн» (Тырку) компаниехэр, нэгъуэщIхэри. «Этана» заводым и ухуэныгъэр гуфIэгъуэ щытыкIэм иту щрагъажьэм абыхэм я лIыкIуэхэр, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм, республикэм и жылагъуэ организацэхэм щыщхэр, депутатхэр кърихьэлIащ. Ахэр ирикIуащ километри 8 хъууэ а щIыпIэм екIуалIэу яухуа гъуэгущIэ екIум. «Казачья» зыфIаща а гъуэгур Къэбэрдей-Балъкъэрым и уэрам нэхъ кIыхь дыдэщ. Иджырей IуэхущIапIэр щагъэувыну щIыпIэм деж зэрызэдэлэжьэнумрэ зэрызэдэIэпыкъунумрэ теухуа зэгурыIуэныгъэ щызэращIылIащ. Абы Iэ щIадзащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен, «Этана» ООО-м и унафэщI Iэщын Сергей, «Thyssenkrupp Uhde Gmbh» компанием и директорхэм я советым щыщ Лазаридис Савас сымэ. ИужькIэ зэIущIэм хэтхэр техникэ хьэлъэхэр щиувыкIа щIыпIэм кIуащ икIи Къанокъуэ Арсен «Фынежьэ» зэрыжиIэу, ухуакIуэхэм лэжьыгъэм щIадзащ. — «Этана»-м республикэм и социально-экономикэ зыужьыныгъэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ, — къигъэлъэгъуащ КъБР-м и Iэтащхьэм. — Къэбэрдей-Балъкъэрым нобэ жыджэру икIи зэпIэзэрыту зиужьу жыпIэ хъунущ. Ар и фIыгъэщ къэралымрэ республикэм экономикэмкIэ и Инвестицэ фондымрэ къызэрыддэIэпыкъум. КIэщIу жыпIэмэ, зыдоузэщIыж! Зытедухуам тету мы куейм экономикэ щIыпIэ хэха къыщызэдгъэпэщмэ, зи щхьэ хущытыж IэнатIэщIэу 16-м нэблагъэ иджыри «Этана»-м къыдэунэхунущ. Экономикэ щIыпIэ хэхар зытещIыхьар агроиндустриальнэ паркым и предприятэхэм кърахьэлIэ псоми мыбдеж щелэжьынырщ, езыхэм ягъэхьэзырыж ашык зэмылIэужьыгъуэхэм ирагъэзагъэу сатум гъэкIуэнырщ. Япэрауэ, нэгъуэщI команиехэм я деж хьэпшып щхьэхуэхэмрэ сырьемрэ къыщащэху нэхърэ ар куэдкIэ нэхъ фейдэщ. ЕтIуанэрауэ, дыубзыхуа псори зэдгъэхъулIэмэ, илъэси 5-10-м къриубыдэу цIыху мин 16-м нэсым лэжьыгъэ тхуетынущ. Проектым мыхьэнэшхуэ зэриIэр къигъэлъэгъуащ ухуэныгъэр езыгъэжьахэм яхэта, Урысейм и Президентым деж хьэрычэтыщIэхэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ щыIэ уполномоченнэ Титов Борис. — Къэбэрдей-Балъкъэрыр жыджэру зызыужь, зи мылъку къыхэзылъхьэну хуейхэм щытыкIэфI къыхузэзыгъэпэщ, инвестицэ Iуэхур тегушхуауэ щыпхагъэкI щIыналъэ нэхъыфIхэм ящыщщ. Туризмэм и мызакъуэу, промышленнэ IэнатIэхэм мылъку зэрыхалъхьэр тэмэмщ. Къэралым и экономикэр къызэзыгъэпэщынури аращ. Республикэм и социальнэ зэIузэпэщыныгъэр экономикэм хуащI инвестицэ хэлъхьэныгъэм зэрелъытар Къэбэрдей-Балъкъэрым и унафэщIхэм къазэрыгурыIуэм сыщогуфIыкI. Аращи, мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэм — «Этана»-м и ухуэныгъэр зэрырагъэжьам теухуа хъуэхъур щIыналъэм и унафэщIхэм, инвесторхэи, хьэрычэтыщIэхэм я мызакъуэу, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу цIыху къызэрыгуэкIхэми ялъос. Сыту жыпIэмэ, «Этана»-м итыну налогхэм щыщ Iыхьэ социальнэ программэхэмкIэ абыхэми хухахынущ. Псалъэм къыдэкIуэу «Этана» проектыр зытещIыхьар Къэбэрдей-Балъкъэрым и экономикэм лъабжьэ быдэ къыхузэгъэпэщыным и закъуэкъым, атIэ ирагъэжьа ухуэныгъэм къедза щIыпIэм хыхьэ жылагъуэхэм социальнэ IэнатIэхэм зыщрагъэужьынущ. Епископ Феофилакт заводыщIэм щылэжьэнухэр зыдэс поселкэм накъыгъэ кIуам щыIащ, фIыщIэшхуэ зыбгъэдэлъ Радонежскэ Сергие и щIыхькIэ члисэ щагъэувыну щIыпIэм жор трищIащ. Ар абдеж щагъэтIысыну къуажэр зэIузэпэщ щыхъуну 2015 гъэм ирихьэлIэу къызэIуахынущ. — Ижь-ижьыж лъандэрэ Урысейм япэ щIыкIэ Тхьэ унэ — члисэ щаухуэ. ИужькIэщ щIыпIэр зыхуей щыхуагъазэр, Тхьэшхуэри псомкIи къадоIэпыкъу, — къыхигъэщащ епископым. — Мыбдеж члисэ зэрыщагъэувынур ди адэжьхэм къадекIуэкI хабзэхэмрэ XXI лIэщIыгъуэм и иджырей технологие нэхъыфI дыдэхэмрэ зэпызыщIэну Iуэхугъуэщ. Ар Тхьэм фIэкъабылщи, члисэми, поселкэми, предприятэми я къакIуэнур дахэщ! Сабийхэр хъумэным и дунейпсо махуэм и щIыхькIэ, «Этана»-м и унафэщI Iэщын Сергей Октябрьскэ поселкэм, Сарскэ, Пришиб-Балъкъ къутырхэм щыщ сабийхэр мэкъуауэгъуэм и пэщIэдзэм зэхишащ. Май къалэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм и гупэм деж абыхэм щахуигъэхьэзыра нэгузегъэужь Iуэхугъуэ гукъинэжхэм ныбжьыщIи 100-м щIигъу хэтащ. Шар гъэпщахэмкIэ, тыгъэхэмкIэ, фIыуэ ялъагъу морожнэхэмкIэ дэтхэнэ сабийри игъэгуфIащ. 2013 гъэм мэкъуауэгъуэм и 20-27-хэм къыдэкIа «Комсомольская правда — Северный Кавказ» газетым къитхыжащ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29412.txt" }
Нобэ 1943 гъэм Курск деж щекIуэкIа зауэм щIидзащ. Ар бадзэуэгъуэм и 5-м щыщIэдзауэ шыщхьэIум и 23 пщIондэ екIуэкIащ. 1957 гъэм Налшык Лениным и фэеплъ къыщызэIуахащ. Венесуэлэ Боливарианскэ Республикэм егъэлъапIэ щхьэхуит щыхъуа махуэр. Армением и Конституцэм и махуэщ Шэрджэс тхакIуэ Абыкъу Хъалид къызэралъхурэ илъэси 113-рэ ирокъу. Филологие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик Апажэ Мухьэмэд и ныбжьыр илъэс 83-рэ ирокъу. Медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, ЩIДАА-м и академик Даут Юрэ и ныбжьыр илъэс 72-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 23 — 25-рэ, жэщым градус 16 — 17 щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29415.txt" }
Иджы къуажэдэсхэм я упщIэхэм зыхуегъэхьэзыр «КъБР-м и Iэтащхьэм еупщI» телепроектым хиубыдэу ягъэхьэзыра зи чэзу программэр теухуауэ щытащ узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэм и щытыкIэм. Къанокъуэ Арсен зэпкърыхауэ тепсэлъыхьащ ар къызэрагъэщIэрэщIэжым, медицинэм и лэжьакIуэхэм я Iуэху зыIутым. КъыкIэлъыкIуэ программэр теухуауэ щытынущ КъБР-м и агропромышленнэ комплексым зегъэужьыным. Мэкъумэш хозяйствэр республикэм и экономикэр къэIэтынымкIэ нэхъ мыхьэнэшхуэ зиIэ IэнатIэхэм ящыщщ. Иджыпсту абы хиубыдэу инвестицэ проект инхэр ягъэзащIэ, иджырей технологиехэр зэтрагъэувэ. Мы IэнатIэм хьэрычэт Iуэхум зыщиужь зэпытщ. Фермер, мэкъумэшыщIэ ныбжьыщIэхэм къэралыр ядоIэпыкъу. Республикэм апхуэдэу щагъэзащIэ IэщIагъэлIхэр къуажэхэм щылэжьэн папщIэ зыхуеину Iэмалхэр къахузэгъэпэщыным хуэунэтIа программэ зэмылIэужьыгъуэхэр. Мис абыхэм ятеухуауэ щытынущ Къанокъуэ Арсен къыкIэлъыкIуэ программэм щригъэкIуэкIыну псалъэмакъыр. Фи упщIэхэр КъБР-м и Iэтащхьэм Интернетым щиIэ glava.kbr.ru сайтым къевгъэхь «КъБР-м и Iэтащхьэм еупщI» жиIэу тетхауэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29417.txt" }
Зыгъэпсэхугъуэ махуэм Псалъэжьхэр ЦIыхум и цIэр езым зыфIещыж Тхылъыр щIэныгъэм и IункIыбзэIухщ. Узэрымыса бысым умыуб. Уи гуащIэ еплъи, уи лъэ гъэбакъуэ. Уи пэшэгъу и фэ къыптоуэ. Уи шым ижынур пщIэжын хуейщ. ФIы зыхуэпщIэм иумыхъуэныж. ЦIыхум и цIэр езым зыфIещыж. Хьэм и кIэм утеувэмэ, къодзакъэ. ЖыIэгъуэхэр Налым куэдым насып къахуехь Псалъэр шэрыуэмэ, мащIэми куэд къокI. IэпщIэлъапщIэм и хьэсэр пщIэней хъуркъым. Iущащэм щэху гуэр егъэпщкIу. Къулейм и жэмыр машхэ, къулейсызым ейр мэжьэгъуашхэ. Налым куэдым насып къахуехь, шым къищынэмыщIа. Малъхъэ егъу нэхърэ — къуэш нэф. ПцIым жьантIэ иIэкъым, утыку фIэкI. ИкIута из хъужыркъым, ауэ укъуэлIыкIынукъым. Iуэху мыублэм благъуэ щыхищIи щыIэщ. Гъунэгъум гъуэншэджыр зэ ептмэ, иужькIэ къоупщIыжыркъым. ПцIым уи лъэм лъахъэ ирелъхьэ. «Сыхэмыхьэмэ ситхьэлэн», — жиIэурэ зыхэсым хитхьэлыхьащ. Къардэн Мухьэмэд. Нэщэнэхэр Джэгу пщIыхьэпIэу плъагъумэ… Гъавэм утеувэмэ, берычэтыр хокI жаIэрт. Гъуэгу техьам кIэлъыпхъанкIэртэкъым, пхъэнкIии кIэлърадзыртэкъым, псым икIыху. ГъуэгущхьэIум пхъэщ-хьэмыщхьэ жыг хэпсэну фIыщ. Джэгу пщIыхьэпIэу плъагъумэ, уонэщхъей жаIэрт. Джэдур жыхапхъэм епIэстхъмэ, хьэщIэ къэкIуэнущ. Ерыскъы зытелъ Iэнэм уи щIыб хуэбгъэзэну фIыкъым. ИпщэкIэ уафэр щыгъуагъуэмэ, гъэр гъэфI, бэв мэхъу жаIэрт. Къагъуэта тыгъэ ящIыртэкъым. Кхъузанэ хьэху яубыдыртэкъым. МазэкIэм щхьэ яупсыртэкъым. Тхыгъэ кIэщIхэр Лъэс лъагъуэ цIыкIу «Сэ къыстеувэ, ущIегъуэжынкъым, сэ уздэзмышэфын щIыпIэ щыIэкъым», — жиIащ лъэс лъагъуэм, зэгуэрым жыжьэ сыкIуэну мурад сщIауэ ди пщIантIэ сыкъыщыдэкIым. Сэ ар згъэщIэгъуащ. «Уа, сыту щхьэщытхъу мы лъэс лъагъуэ цIыкIур! — жысIэрт сигукIэ, абы сытету сыздэкIуэм. — Сэ сщIэркъэ уэ уи кIыхьагъыр здынэсыр — мес мо автобус къэувыIэпIэм сепшэлIэфыну къудейщ». Арати, гъуэгушхуэм сынос, автобусым сотIысхьэри сожьэ. Абы сешэ гъущI гъуэгу станцым. МафIэгум сотIысхьэри адэкIэ сокIуэ. СыздэкIуэм, лъэс лъагъуэм и псалъэхэр сигу къокIыжри, согупсыс: «Сыт ар щхьэщытхъуу къыщIысфIэщIар? Пэжщ жиIар абы: щIыпIэ я нэхъ жыжьэ укIуэнуми, япэщIыкIэ узытеувэр пщIантIэм удэзыш лъагъуэр аракъэ?! АбыкIэкъэ къызэрыщIидзэр дэтхэнэ гъуэгушхуэми — жыжьэми гъунэгъуми?! Упсэу, си лъэс лъагъуэ цIыкIу! Уэ узимыIамэ, жыжьэ сынэсыфынт сэ?!» Мастэмрэ щIыIумрэ ЩIыIур тхьэусыхэрт, мастэм зыхуигъэгусэу: «ЛэжьапIэфI къыпхуэзгъуэтащ, жыпIэри Iуданэ быдэкIэ джанэбгъэм сибдащи, зызгъэхъей мыхъужу, хуитыныгъэ гуэри симыIэжу сыкъэнащ. Ар гъащIэ сытми! Уныбжьэгъу пэжу си гугъами, сыбгъэщIэхъуащ». Абы и жэуапу мастэм моуэ жеIэ: «Узахуэкъым, щIыIу. Тэмэму егупсысыт Iуэхум: уэ зыщIыпIэ дежи уимытамэ, минрэ ущхьэхуитами, хэтыт къыпхуейр?! Зы сэбэпынагъ гуэри уиIэнтэкъым, адэкIэ-мыдэкIэ укъыдэхуу уи дунейр пхьынт. Иджы лэжьыгъэ уиIэщ, Iуэхуншэу ущыскъым, уи къалэнри хъарзынэу уогъэзащIэ. аращи, зумыхъунщIэ, ущымыуэ». Ауэ гугъукъэ, уакъыл мащIэмэ! ЩIыIум иукъуэдиящ хуит ящIын хуейуэ. ИкIи ящIащ — джанэм кърачыжри хыфIадзэжащ. Иджы абы уэшхри къытошхэ, уэсри къытосэ, къэзыхъумэн гуэри иIэкъым. ЩIыIур щIегъуэжащи, зэрыта джанэр къелъыхъуэж. Куэдрэ игу къокIыж абы и бгъэм лыдыжу щита зэманыр… Къагъырмэс Борис. ЦIыкIухэм папщIэ Нэхущ Ди адакъэр Ину Iуащ, Ди хьэ Мыщэ Къэбэнащ, Ди мамыжьыр Къэбууащ, Ди шыд пэхур КъэкIиящ, Нэху щыхункIэ Си пIэ лъапэм Телъа кIущи Къэтэджащ, Зэбзеящ — ЗитхьэщIащ… Мис апхуэдэу Дэ ди махуэм Нышэдибэ КъыщIидзащ. Даринэ Даринэ и ныбжьыр Илъэсым щIигъуащ. ИфIэщу къогубжьыр, Гъыринэ ар хъуащ. Даринэ, Даринэ, ЕмыкIукъэ угъыну? Мес еплъыт Маринэ, Ауан укъищIынущ. ПхуфIэсщIащ хъыринэ, КъитIысхьэ, Даринэ. Къохъуапсэ Маринэ, Лъыгъэсыт, хъыринэр! КIуэжыну я унэм Имыдэ Даринэ. КъикIыжкъым хъыринэм, Ар хъуащ абгъуэрынэ. Мэз Iэниуар Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр Мы сурэтым щыфлъагъу адыгэлIыр Кавказ-Бгырыс эскадроным хэтт. ЗэрыхуэдгъэфащэмкIэ, зауэлI хъыжьэр япэ адыгэ тхакIуэ, иужькIэ генерал-майор хъуа Къазджэрий СулътIанщ.Сурэтыр Белоусов Леонид ищIащ. 1830 гъэ Лъэпкъ шхыныгъуэхэр Лэпс зэщIэт, мэлыл хэлъу Мэлылыр зэпаупщI е зэпауд тыкъыр цIыкIуурэ, г 50 — 60 и хьэлъагъыу. Псы щIыIэкIэ ятхьэщIри шыуаным иралъхьэ. Псы щIыIэ щIакIэ, зэ зэIащIэри мафIэ иным тету къытрагъэкъуалъэ, тхъурымбэр къытрахыурэ. ИтIанэ мафIэр ирашэхри шыуаныщхьэр тепIауэ лыр ныкъуэвэфI хъуху ягъавэ, тхъурымбэр къытрахыурэ. Абы халъхьэ пхъы укъэбза, щимэ цIыкIуурэ упщIэтауэ, бжьыныху-шыгъурэ шыбжийрэ хадзэри зэIащIэ. Шыуаныщхьэр трапIэж, мафIэр цIыкIу ящIри, хьэзыр хъуху ягъавэ. Шыуаныр пэшхьэкум къытрахыж, джэдгын хагъэщащэри шыуаныщхьэр трапIэри дакъикъитху-хыкIэ щагъэт, нэхъ мэ дахэ къищтэн щхьэкIэ. Iэнэм щытрагъэувэкIэ лэпсри лыри зэрызэщIэлъу фалъэ куум иракIэ. Пщтыру ираф, пIастэ щIыIэ е щIакхъуэ, хьэлIамэ, чыржын дашх. Халъхьэхэр (цIыхуитI Iыхьэ): мэлылу — г 600, лыр зэрагъэвэну псыуэ — г 1200-рэ, пхъы укъэбзауэ — г 100, шыгъуу, шыбжийуэ, джэдгыну, бжьыныху-шыгъуу — узыхуейм хуэдиз. Санэ фIыцIэ гъэва Санэр зэхащыпыкI, ипэм пыт нэбжьыц цIыкIухэри къыпач, псы щIыIэкIэ фIыуэ ятхьэщI. Ар кIэструлым иракIутэ, псы гъэва щIыIэ тIэкIу щIакIэри, и щхьэр тепIауэ зэ къытрагъэкъуалъэ. ИтIанэ абы фо гъэткIуа хакIэри мафIэ цIыкIу дыдэм тету, и щхьэри темыпIауэ, бэлагъкIэ зэзэмызэ зэIащIэурэ, Iув хъуху, сыхьэт нэблагъэкIэ, ягъавэ. Хьэкум къытрахыжри, и хуабагъыр градус 35 — 40-м нэсыху ягъэупщIыIу. АдэкIэ ар банкIым иралъхьэ, фIыуэ упщIыIуа нэужь и щхьэр ягъэбыдэжри щIыIапIэм ягъэув. Фом и пIэкIэ фошыгъу хэплъхьэ хъунущ. Халъхьэхэр: санэ фIыцIэу — г 3000, псы гъэва гъэупщIыIужауэ — г 400, фо гъэткIуауэ — г 3000. «Адыгэ шхыныгъуэхэр» тхылъым къитхыжащ. Фэ фщIэрэ? Беслъэнейхэр Адыгэ лъэпкъхэм ящыщ зым зэреджэщ. «Беслъэней» фIэщыгъэр къэбэрдеипщхэр къызытепщIыкIыжа Инал и къуэ Къэсей и къуэ Беслъэн деж къыщежьэу тхыдэджхэм хуагъэфащэ. Курыт лIэщIыгъуэхэм беслъэнейхэр Псыжь (Кубань) и адрыщI Лабэ и Iуфэ щIыпIэхэм щыпсэуащ. Беслъэней пщыхэм я къежьапIэр Инал и лIакъуэ Къанокъуэщ, ауэ ахэри унагъуитIу гуэшыжащ — Щолэхъухэрэ Бэчмырзэхэрэ. А унагъуитIым яIэщIэлъащ щIышхуэ, БеслъэнейкIэ еджэу. Беслъэнейхэр къэбэрдейхэм къакIэлъыкIуэу адыгэ лъахэм и къуэкIыпIэ лъэныкъуэм щыпсэурт. XIX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм беслъэнейхэр я бжыгъэкIи я псэукIэкIи адыгэ лъэпкъхэм я нэхъ лъэщхэм ящыщ хъуат. Ауэ абы и цIыху куэд Кавказ зауэм хэкIуэдащ, нэхъыбэж Тыркум Iэпхъуащ. Къэбэрдейхэмрэ кIэмыргуейхэмрэ яку дэса беслъэнейхэр хэкум икIа нэужь, зэпыча хъуащ къуэкIыпIэмрэ къухьэпIэмкIэ щыпсэу адыгэхэм я зэпыщIэныгъэр, къэбэрдей адыгэбзэр адрей адыгэхэм я бзэм къыгуэщхьэхукIащ. Мы зэманым беслъэнейхэр щопсэу Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и Беслъэней, ВакIуэжылэ къуажэхэм, Адыгей Рес- публикэм хыхьэ Блашэпсынэрэ Улапрэ, Краснодар крайм щыщ Успен районым хыхьэ Кургъуокъуейрэ Къанокъуейрэ. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, беслъэнейхэр цIыху мини 8-м ноблагъэ, къэбэрдей-шэрджэсыбзэм и беслъэней диалектым иропсалъэхэр, шэрджэсу ятх. Беслъэнейхэр муслъымэн-суннитхэщ. Думэн Хьэсэн. Псалъэзэблэдз ЕкIуэкIыу: 7. Дэнэ щIыпIи куэду къыщыкI удз щхьэ гъуэжь дахэ. 10. ГъущI пIащIэ. 11. «… щалъху мэкIуэж» — Молэ Владимиррэ Гъубжокъуэ Лиуанрэ я уэрэд цIэрыIуэ е цIыху къарууфIэ. 12. Налкъутхэм ятекIуэу фэзэхъуэкIыу, ущызэкIэщIэплъу мывэ лъапIэ. 14. Пхъэм къыхэбзыкIа бжэмышх цIыкIу. 16. ХадэхэкI. 18. ЧнутIым зэреджэ нэгъуэщIыцIэ. 20. Бэзэрыр … щIыпIэщ. 23. ИкIи министрщ, икIи адыгэ спектаклхэр зыгъэув режиссерщ. 26. Латвием и къалащхьэ. 27. Шым и плъыфэ. 28. Лъагэу зэтекIута гуэр: нартыху, пшахъуэ, мывэ … 31. Пхъэщхьэмыщхьэ. 32. Зи гум куэд изыубыдэф цIыху. 33. ПамыупщIу гъэ техьа удз. 36. Хамэ къэрал щIыпIэ хуабэхэм къраш пхъэщхьэмыщхьэ. 37. ПщIий къызыпыкIэ жыг. 38. Пасэрей адыгэ пщышхуэ е цIыхухъуцIэ. 40. Зи кIапэ лъэныкъуэм фIэгъэнапIэ иIэ пхъэ кIыхь. 41. Адыгэ псалъэжьым зэрыжиIэмкIэ, апхуэдэ цIыхур щыту малIэ. 42. Палестинэм и Iэтащхьэу илъэс куэдкIэ щыта … Арафат. 44. Адыгэ пшынауэ цIэрыIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыхь зиIэ и артист. 47. Зи дамитIыр дэшея. 49. Хьэцэпэцэхэм я хьэдзэхэр зращIэкI щхьэкIэ. 51. Махъсымэ къызыхащIыкI зэхэгъэва. 52. … еуэнымкIэ ди лъэпкъэгъу щIалэр псоми ятекIуащ. 54. Щхьэгъусэ ищIыну щIэупщIэ, къэзылъыхъуэ цIыхухъу. Къехыу: 1. Зи жагъуэ ящIам игу илъ мыарэзыныгъэ. 2. … вы бжьакъуэм къокI. 3. Нарт фызыжь Уэрсэр и фIыгъэкIэ Лъэпщ къигупсыса, гъавэ зэрыIуахыж Iэмэпсымэ. 4. Жыг кугъуанэхэр зи псэупIэ псэущхьэ кIэ баринэ цIыкIу. 5. УэрэджыIакIуэ Iэзэу щыта, Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыхь зиIэ и артист … Борис. 6. Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ. 8. «Уэзырмэс зэрыцIыкIу лъандэрэ псоми … хуащIырт» — нарт хъыбархэм щыщщ е КIыщокъуэ Алим, КъардэнгъущI Зырамыку, Нало Заур сымэ … яIэу дунейм тетащ. 9. Анэр къызыхэкIа лъэпкъ, унагъуэ. 13. Iэлъыным, тхьэгъум ирагъэтIысхьэ мывэ. 15. Ди къэралым щыIэ псыежэх нэхъ ин дыдэхэм языхэз. 17. УемыIусэ — укъисынщ. 19. Полити- кэ хуэIухуэщIэм пыщIауэ СССР-м апхуэдэу зыщ щыIар. Иджы ди куэдщ. 21. ЩIалэр илъэс 18 хъуамэ, и … дэкIыгъуэщ. 22. Къэбэрдей литературэм и япэ роман. 24. Псым хэс псэущхьэ цIыкIу, лъакъуэ куэд щIэту. 25. Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъунапкъэм къыщыс къалэ, ди щIыналъэу щытауэ. 29. БгитI зэхуаку. 30. Вакъэдыж Iэмэпсымэ. 34. Кавказым щыпсэу лъэпкъышхуэ. 35. Унэм щигъэзэщIэн хуейуэ еджакIуэм … къратащ. 39. « … дахэкIей» — Къардэн Хьэсэнрэ Бахъуэ БетIалрэ яуса уэрэд цIэрыIуэ, Къуныжь Хьэждали нэгъуэщIхэми ягъэзащIэу. 40. Фадэ гуащIэ. 43. Уи нэр набгъэмэ, ар мастэнэм пхухуэгъэзэнукъым. 44. Ди щIыналъэм щыкуэдыкIей къуалэбзу. 45. … дзыусщ. 46. Сэхъурокъуэ Хьэутий ипэкIэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэу щыта. 48. … бэлътоку. 50. Егъэлеяуэ нэпсей. 53. Лым трищIэ пшэрыпIэ. 55. Гъуор маджэ: «Маржэ хъужыхэн, зи … вакъэ изылъхьэу хъуар къуажэкум фыкъыщызэхуэс!» Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ. Мэкъуауэгъуэм и 22-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр: ЕкIуэкIыу: 5. Анэм. 7. Уэркъ. 9. Ленинград. 10. Чынт. 12. Шым. 13. Чили. 15. Ибэ. 18. Усэ. 19. Лулэ. 20. Хьэжы. 24. Иран. 26. Лъэбжьанэ. 27. Адэжь. 28. Анэл. 29. Яхэгуауэ. 32. Псей. 37. Дадэ. 38. Хъудыр. 41. «Адэ». 43. Ока. 44. Нэпс. 46. Тут. 47. Щхьэж. 48. Волгоград. 49. Тхуей. 50. Иуан. Къехыу: 1. Хьэрычэт. 2. Брест. 3. Щтауч. 4. Шэнтиуэ. 5. Атэбий. 6. Инжыдж. 8. Къанкъуэщ. 11. Нало. 14. Иныжь. 16. Алмэ. 17. Пэгун. 21. Фронт. 22. Бжьыгуэ. 23. Мэсей. 25. Нал. 27. Алъп. 30. Хадэ. 31. Уадэ. 33. «Эдип». 34. Гурыхь. 35. Къамбот. 36. Къуэныкъуей. 39. Кожедуб. 40. Къардэн. 42. Жуков. 45. Спорт. 47. ЩтапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29421.txt" }
Зи гъащIэ гъуэгур лъэпкъым и «мэзым» жыгыфIу хэува тхакIуэ Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ библиотекэм и лъахэхутэ къудамэм иджыблагъэ щекIуэкIащ адыгэ тхакIуэ цIэрыIуэ Теунэ Хьэчим и фэеплъ пшыхь. Ар къызэрагъэпэщат КъБКъУ-м и филологие къудамэм хыхьэ, Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъхэм я литературэмрэ IуэрыIуатэмкIэ кафедрэмрэ ЦIыпIынэ Аслъэн и цIэр зезыхьэ щэнхабзэ центрымрэ. ТIымыжь Хьэмыщэ, Хьэх Сэфарбий, БакIуу Хъанджэрий сымэ. Пшыхьыр библиотекэм щIыщрагъэкIуэкIам и щхьэусыгъуэм теухуауэ центрым и унафэщI Езауэ Мадинэ жиIащ: «Студентым щIэныгъэ щегъуэт еджапIэми библиотекэми. Ахэр зэпыщIауэ зэдэлажьэмэщ еджагъэшхуэхэр лъэпкъым щикуэдынур. КъБКъУ-м библиотекэ лъэщ диIэ пэтми, студентхэр сыт щыгъуи къыхудоджэ республикэм и Лъэпкъ библиотекэм щекIуэкI зэIущIэхэми хэтыну, мыбыи щылажьэу зрагъэсэну». Адыгэбзэ къудамэм щеджэ студентхэм Теунэм и IэдакъэщIэкIхэр фIыуэ зэралъагъур, абыхэм куууэ зэрыщыгъуазэр белджылы щыхъуащ а зэхуэсым. Пшыхьым кърихьэлIахэм я пащхьэ абыхэм ягу къыщагъэкIыжащ тхакIуэм и гъащIэм теухуауэ зыщыгъуазэхэр, и тхыгъэхэм ящыщхэм къеджащ. Архивым къыщагъуэтыжа сурэтхэр, илъэс куэд и пэкIэ Хьэчим радиом едаIуэхэм зэрызахуигъэза хъуэхъур къызэхуэсахэм псом хуэмыдэу ягу къинащ. ЗэIущIэм кърихьэлIат Теунэ Хьэчим и творчествэр джыным лэжьыгъэшхуэ езыхьэлIа, филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, литератор цIэрыIуэ ХьэкIуащэ Андрей. — КъызэрыщIэкIымкIэ, Теунэр 1936 — 1937 гъэхэм ягъэтIысри щысащ. Абы къызэрела, тутна-къэщым къызэрикIыжыфам теухуа хъыбар щыIэщ, — жиIащ ХьэкIуащэм. — Ар комсомолым 1936 гъэм къыхадзри, 1940 гъэм хагъэхьэжауэ аращ. Ар зэрани къыхуэхъужауэ щытащ — лэжьапIэ ягъэувыртэкъым. Абы къыхэкIыу, Теунэр Адыгэ Республикэм кIуэри, абы къыщыдэкI урыс газетым корреспонденту илъэскIэ щылэжьащ. А лъэхъэнэрауэ къыщIэкIынущ Теунэ Хьэчимрэ КIэрашэ Темботрэ щызэрыцIыхуар, гъунэгъу щызэхуэхъуар. Теунэр зауэм щIыхэмытам теухуа хъыбар мыщхьэпэхэри щыIэщ. Абы и гугъу пщIымэ, щхьэусыгъуэ щхьэхуэ иIэщ: Хьэчим жьэн уз къефыкIырти, военкоматым зауэм кIуэнухэм яхигъэхьакъым. ТхакIуэм и къуэшиплIри лIыхъужьыгъэ зэрахьэу хэтащ а зауэм. Мыдрейуэ, и гугъу сщIыну сыхуейт зы Iуэхугъуэ. Теунэм и журналист лэжьыгъэу дызыщыгъуазэр тхыгъитI къудейщ — очеркитIщ. Ауэ а зэманым итхауэ сэ къэзгъуэтыжащ лэжьыгъэ 60-м нэблагъэ. Абыхэм я нэхъыбэр очеркщ. Ар литературэм мыхьэнэшхуэ зиIэ хэлъхьэныгъэу къызолъытэ, сыту жыпIэмэ, Теунэ Хьэчим и очеркхэм яхуэбгъадэ хъун а зэманым ятхахэм яхэткъым. КъинэмыщIауэ, къызэрыщIэкIымкIэ, зауэ зэманым и пэ къихуэу итхауэ Хьэчим роман иIащ. Абы щыщу напэкIуэцI блыщI кIуэдащ, архивми щIэлъыжкъым. Зауэ зэманым Ростов къыщыдэкIыу щыта журналхэм языхэзым Теунэм лъэIу къыхуагъэхьат абы и романым и пычыгъуэ къытрадзэну я мураду. Ауэ Хьэчим ар яIэригъэхьакъым, абы и щхьэусыгъуэри зыми жиIэфынукъым. Фегупсысыт, 1936 гъэм адыгэбзэкIэ тха роман къыдэкIатэмэ, ар ди литературэм и хэлъхьэныгъэшхуэу зэрыщытынум. ХьэкIуащэ Андрейрэ Теунэ Мухьэмэдрэ. Ди лъэпкъым и пщIэр, и щIыхьыр къэзыIэта, я къару емыблэжу абы хуэлэжьа цIыхухэм яхуэфащэ пщIэ яхуэтщIыфыркъым. Апхуэдэу щымытамэ, Теунэ Хьэчим къызэралъхурэ илъэси 100 зэрырикъур нэгъабэ дгъэлъэпIэнт. Щапхъэ къэсхьынщ. КIэрашэ Тембот къызэралъхурэ нэгъабэ илъэси 150-рэ щрикъум Адыгэ Республикэм и Iэтащхьэм и унафэкIэ а гъэр КIэрашэм и илъэс ящIащ. Абы теухуа зэIущIэ, зэхуэс куэд зэрырагъэкIуэкIам, и тхылъих къыдагъэкIыну зэрагъэхьэзырым и гугъу умыщIыххэ. Къапщтэмэ, Теунэ Хьэчим и тхылъу бзэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ къыдэкIа псоми я бжыгъэр мелуанитIрэ щитIрэ мэхъу, ауэ иужь дыдэу абы и тхыгъэ къыщыдэкIар 1979 гъэращ. Теунэ Хьэчим и литературнэ гъуэгуанэми и гъащIэми сэ нэхъ сыщыгъуазэщ. Абы теухуа тхылъ стхауэ мыгувэу къыдэкIын хуейщ. Зауэ нэужь лъэхъэнэм Теунэм и жьауэм щIэту адыгэ литературэм зэрызиужьам зыми шэч къытрихьэркъым. А зэманми абы къыкIэлъыкIуа илъэсхэми къэбэрдей тхакIуэхэм ящыщ куэд ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм зэрыхыхьар зи фIыщIэр Теунэрщ. ХьэкIуащэ Андрей и псалъэхэм щыхьэт техъуащ тхакIуэ Хьэх Сэфарбий. Абы игу къигъэкIыжащ Теунэр цIыху дахэу, щIалэгъуалэм пщIэ яхуищIу, игъэгушхуэу зэрыщытар. АдэкIэ псалъэ зрата, филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым и щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыжь БакIуу Хъанджэрий лъэныкъуэ зыбжанэкIэ игу къигъэкIыжащ Теунэ Хьэчим. — 1966 гъэм «Ленин гъуэгу» газетым IутIыж Борис и тхыгъэ къытехуауэ щытащ, «Адыгэбзэр анэ пэлъытэщ» псалъащхьэр иIэу. А зэманым цIыхухэр хуабжьу тегузэвыхьу щытащ лъэпкъыбзэхэр кIуэдыжыным. А Iуэхум игъэгузэва IутIыжым итхар редакцэм куэдрэ щIагъэлъащ. ИтIанэ абы рецензэ хуитхыну хуагъэхьат Теунэм. ТIуми ятхар зэгъусэу 2006 гъэм IутIыжым къытрыригъэдзэжащ. Абы щыгъуэм Хьэчим IэкIуэлъакIуэу жиIащ бзэхэр кIуэдыжын шынагъуэ зэкIэ зэрыщымыIэр, ауэ зэман дэкIмэ апхуэдэ къытщыщIынкIэ зэрыхъунур. Абы обкомыр хэплъэри: «Фи пIэщхьагъ къуэкIий щIэвмылъхьэ», — жаIэри къыхурагъэхьыжат. Ди литературэм и тхыдэр джыныр гулъытэ нэхъ зымыгъуэтхэм ящыщщ иджыпсту. Ар къэтлъытэри, институтым щылажьэхэм ящыщу зы гуп дызэрыгъэхъури, иджырей адыгэ литературэм и тхыдэм и япэ томыр къыдэдгъэкIащ. Абы иджыри томитI къыкIэлъыкIуэнущ. Хэт-тIэ абы и лъабжьэр зыгъэтIылъар? «Къэбэрдей тхакIуэхэмрэ къэбэрдей литературэмрэ» тхылъыр Теунэ Хьэчим 50 гъэхэм итхащ. Ар лъабжьэ ящIри, 1968 гъэм къыдагъэкIыжащ. Пэжыр жысIэнщи, иужьрей зэманым щIэныгъэм елэжьу къалъытэр диссертацэ зытхыращ. Абы цIыхухэр дихьэхауэ, тхыдэми критикэми елэжьыжыркъым. Теунэ Хьэчим зыщыдгъэгъупщэнкIэ Iэмал иIэкъым. Сыту жыпIэмэ, абы лъэпкъ литературэм зиужьыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ. Нобэ зы тхылъ цIыкIу зытхар утыку къохьэри, абы «лъэтеувэ» хуищIу цIыхухэр зэхуешэс. Теунэ Хьэчим ищIам хуэдиз зыхузэфIэкIа тхакIуэ куэд диIэкъым. Абы и тхылъхэр къыдэгъэкIыжын хуейщ. Зэры-жаIэу, зы жыг-жыгитI плъагъумэ, мэзри плъагъун хуейщ. Жыгым и къуагъым сыт щыгъуи мэз зэрыкъуэтыр пщIэн хуейщ. Лъэпкъыр мэзым хуэдэщ. Мис а мэзым жыгыфIу хэтщ Теунэ Хьэчим. Ди щIалэгъуалэм зыфхузогъазэ: а тхакIуэ гъуэзэджэм и щIыхьыр дызэгъусэу къэдвгъэIэтыж. Абы хуейр дэращ, ди щIэблэращ. Пшыхьым къыщекIуэкIа псалъэмакъыр къызэщIикъуэж щIыкIэу къэпсэлъащ филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор ТIымыжь Хьэмыщэ. — Сэ арэзы сытехъуэнукъым «литературэм пщIэ щыхуамыщIыж зэманщ» псалъэхэм, — жиIащ абы. — Сыту жыпIэмэ, ди мащIэкъым тхакIуэхэм я сатырым хэувэ ныбжьыщIэхэр. ДяпэкIэ мыпхуэдэ Iуэхуу къетхьэжьэхэми, тхакIуэхэм, усакIуэхэм ятеухуахэри абыхэм яхэту, къахэхъуэну ди гугъэщ. Мы зэIущIэм кърихьэлIа нэхъыжьхэми пшыхьыр къызэзыгъэпэщахэми фIыщIэ яхузощI. «ЛIэужьыр бжьиблкIэ мауэ», — жиIащ пасэрейм. Хьэчим илъ зыщIэткIуа зыри къэнэнтэкъым, и зэчиймрэ и акъылымрэ щыщ емыцырхъыу. Ар уи фIэщ зыщI ныбжьыщIэщ Налшык къалэ дэт 31-нэ курыт школым щIэсу пшыхьым кърагъэблэгъа Теунэ Мухьэмэд. Ар къеджащ и унэкъуэщ тхакIуэшхуэм хуитха усэ гъуэзэджэм. ЩОДЖЭН Iэминат.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29426.txt" }
Фи нэщIыр къабылу Алыхьым фIих! ГуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэ Алыхьым и цIэкIэ! ПщIэ зыхуэсщI ди хэкуэгъухэ, къуэшхэ, шыпхъухэ! Илъэс дэкIащ икIи Къытщхьэщыт Алыхьым и фIыщIэкIэ гъунэгъу дыхуэхъуащ дэтхэнэ зы муслъымэнми и гум щигъафIэ Рэмэдан мазэ лъапIэм. Рэмэдан мазэм нэщI исыныр ислъамым къигъэув фарзитхум ящыщщ. НэщIыр къалэн щищIкIэрэ, Алыхьталэм и мурадакъым цIыхум хузэфIэмыкIын трилъхьэу гугъу иригъэхьыну. Алыхьыр зи фIэщ хъу псоми а мазэм Iэмал гъуэзэджэ къахукъуокI махуэ къэс дызыхэт зэрыхьзэрийм дыкъыпыкIыу ди псэр гъуэгу захуэм хузэIутхыну икIи Тхьэм къытхуигъэлъагъуэ фIыгъуэм и тенджызым дыхыхьэну. ДыкъэзыгъэщIам и джэ макъым ди Iэпкълъэпкъыр зэрыщыту щыпэджэж мазэщ ар. Шхэным, псы ефэным, нэщIым къемызэгъ адрей Iуэхухэм махуэм запыIудзыным ди Iэпкълъэпкъыр игъэкъабзэ къудейкъым, абы зригъэгъэпсэхукIэрэ. Ар ди псэмрэ фIэщхъуныгъэмрэ щыдгъэунэхуж зэманщ. А гъэунэхуныгъэм дыпэлъэщмэ, Алыхьым и фIыгъуэр къытлъысынущ. НэщI мазэ лъапIэм цIыхум илэжь сыт хуэдэ IуэхуфIми, ар сыт хуэдизкIэ цIыкIуу дэ къытщы- мыхъуми, къыпэкIуэ псапэр Алыхь ЛъапIэм куэдкIэ егъэбагъуэ, абы къыхэкIыу дэ апхуэдэ псапэхэр лэжьыным — нэмэз щIыным, КъурIэным еджэным, къулейсызхэм яхуэупсэным — къарууэ диIэр етхьэлIэну ди къалэнщ. ДинкIэ и фIэщхъуныгъэр игъэбыдэурэ, дэтхэнэ зы цIыхури хущIэкъун хуейщ а мазэ лъапIэм къыпэкIуэну фIыгъуэ псори зэрызыIэригъэхьэным. Апхуэдэ фIыгъуэхэм ящыщщ уи гъащIэ псом къриубыдэу блэжьа гуэныхьхэмкIэ тобэ къэпхьыжыныр икIи апхуэдэ Iуэхухэр дяпэкIэ умылэжьыну мурад пщIыныр. Илэжьа гуэны-хьым хущIегъуэжыныр дэтхэнэ муслъымэнми и къалэнщ. Зыщыбгъэгъупщэ хъунукъым Рэмэдан мазэм ерыскъыкIэ зышыIэныгъэм къыдэкIуэу псэм и къабзагъэм зэрыхущIэкъупхъэри. Гупсысэ, псалъэ, Iуэхугъуэ мыхъумыщIэхэм защыхъумапхъэщ, сыту жыпIэмэ армырамэ нэщIым къриубыдэу гугъу зыщIедгъэхь псори псыхэкIуадэ хъунущ. Хуэсакъыпхъэщ цIыхум уи зэран иумыгъэкIыным, ар муслъымэнми апхуэмыдэми емылъытауэ. Зым адрейм пщIэ хуищIыныр, нэгъуэщI лъэпкъымрэ динымрэ щыщхэр уи щхьэ елъытыныр ди республикэми, зэрыщыту къэралми щыIэ мамырыгъэм, зэIузэпэщыныгъэм, зыужьыныгъэм я лъабжьэщ. ДыкъэзыгъэщIам дэ дызэмыщхьу дунейм дыкъытригъэхьащ, зым адрейр гуапагъэрэ зэгурыIуэныгъэкIэ къэтцIыхун, Къытщхьэщытыр зыхэтщIэн папщIэ. Дэтхэнэ зыри Алыхьым дыкъигъэщIащ икIи псори щызэпха икIи щызэпэлъыта дунейм и Iыхьэу дыщытщ. Зэхуэдгъэгъуфу, шыIэныгъэ тхэлъу дыпсэууэ зедгъэсэн хуейщ, дыкъэзыухъуреихьхэр фIыуэ тлъагъурэ фIы тщIэуэ. Алыхьталэм тыгъэ къытхуищIа мамырыгъэмрэ гъащIэмрэ дыщыгуфIыкIыу, абы пщIэ хуэтщIу. Рэмэданым ди псэм и къабзагъымрэ хьэл-щэныр егъэфIэкIуэнымкIэ дерс къыдет, ди гумрэ гупсысэмрэ я щытыкIэмкIэ дыкъипщытэурэ. дыкъэзыухъуреихь цIыхухэм гуапагъэрэ мамырыгъэкIэ ябгъэдэтын зэрыхуей лъапIагъэхэр, Ислъамыр къызэрежьэрэ зытетхэр, къэгъэщIэрэщIэжыным хуэфэщэн хэлъхьэныгъэ зэрыхуэтщIыфынур ди щхьэкIэ къэдгъэлъагъуэ щапхъэмрэ IуэхущIафэ дахэмкIэщ. ЛIэщIыгъуэкIэрэ Ислъамым къыдэгъуэгурыкIуэ хабзэхэр Урысейм и духовнэ, щэнхабзэ къулеигъэхэм щыщщ, сыту жыпIэмэ муслъымэнхэр ижь-ижьыж лъандэрэ абы къыгуэхыпIэ зимыIэ и зы Iыхьэу щытщ икIи къэралым и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIхэщ. Дуней псор псэкупсэ кризис куум щыхэт мы лъэхъэнэм дэ тхузэфIэкIынущ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм я дин, лъэпкъ фIыгъуэхэм, егъэлеяуэ щытыкIэ гугъум щихуа лъэхъэнэхэми IэщIыб ямыщIу ди адэжьхэм нобэм къытхуахьэсахэм, зедгъэубгъуну. Мы илъэсым Рэмэданыр гъэм и мазэ нэхъ хуабэ дыдэм ирихьэлIащ икIи абы нэщIыр куэдкIэ нэхъ хьэлъэ ещI. АрщхьэкIэ зыщыгъэгъупщэн хуейкъым абы къыпэкIуэну тыгъэри Алыхь Лъагэм и арэзыныгъэ къэдлэжьынымрэ гуэныхьхэр къытхуэгъун папщIэ зэфIэдгъэкIынухэмрэ зэрелъытар. КъищынэмыщIауэ, дэтхэнэ зыми ДыкъэзыгъэщIам тыгъэ къытхуищIащ нэщIыр къытщигъэпсынщIэну икIи къабылу тIихыну делъэIуну Iэмалыр. Зэманыр псынщIэрыкIуэу макIуэ икIи Рэмэданым и дэтхэнэ дакъикъэми уасэ иIэкъым. А дэрэжэгъуэр щызу зыхэфщIэ, гъуэгу захуэр къыхэхыным, Къытщхьэщытымрэ Абы и псалъэхэмрэ — Рэмэдан мазэм къытхуеха КъурIэн лъапIэр — зыгурывгъэIуэным фи акъылыр тевухуэкIэрэ. Тхьэ елъэIуным, псапэ щIэным зэман нэхъыбэ хухэфх, фи гуэныхьхэр къыфхуигъэгъуну фелъэIу, зылъэмыкIхэм фадэIэпыкъу, фи благъэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ, фэ фпэгъунэгъу дэтхэнэ цIыхуми гулъытэ нэхъыбэ хуэфщI, сыту жыпIэмэ Рэмэданыр зэкъуэувэныгъэмрэ зыузэщIыныгъэмрэ я мазэщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым ис псори сэ къыхузоджэ, зэгурымыIуэныгъэхэр лъэныкъуэ ирагъэзу, зэкъуэтыныгъэм, гущIэгъум, зышыIэныгъэм я хабзэхэм тетыну. Жылагъуэм щызэгурыIуэнымрэ пщIэ щызэхуэщIынымрэ я къежьапIэ ирехъу нэщI махуэхэр, ди гум и къабзагъым бэкIэ ирегъэбагъуэ дунейм гуапагъэу тетыр икIи Рэмэданым и фIыгъуэр зыхэтщIэу етIанэгъэ пIалъэ Тхьэм дынигъэс. Къэбэрдей-Балъкъэрым и муслъымэн псоми Рэмэдан мазэ лъапIэр къызэрихьэмкIэ сигукIи си псэкIи сохъуэхъу икIи Алыхь Лъагэм солъэIу ди щIыпIэм мамырыгъэрэ зэгурыIуэныгъэрэ щигъэIэну, ди фIэщхъуныгъэр игъэбыдэу мы мазэр хуэфащэу етхьэкIынымкIэ къару къытхилъхьэну. Дэтхэнэ зыри гъуэгу пэжым, къуэшыгъэм, зэдэIэпыкъуныгъэм Тхьэм дытригъэгушхуэ. Мамырыгъэ, гущIэгъу, Алыхьым и арэзыныгъэ фэри фи Iыхьлыхэми фиIэну! Дзасэжь Хьэзрэталий, КъБР-м и муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и тхьэмадэ, муфтий.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29431.txt" }
ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием зэпеуэ ирегъэкIуэкI ЩIДАА-м и действительнэ членхэмрэ член-корреспондентхэмрэ къыхэхыным теухуауэ ЩIДАА-м математикэ щIэныгъэхэмрэ нано-информацэ технологиехэмкIэ и къудамэм: действительнэ члену — 2. ЩIДАА-м энергетикэмкIэ, машинэ щIынымкIэ, механикэмкIэ, IэнатIэхэр зехьэнымкIэ и къудамэм: действительнэ члену — 1; член-корреспонденту — 1. ЩIДАА-м химиемрэ пкъыгъуэхэм ятеухуа щIэныгъэхэмкIэ и къудамэм: член-корреспонденту — 1. ЩIДАА-м медико-биологие щIэныгъэхэмкIэ и къудамэм: действительнэ члену — 1. ЩIДАА-м щIым теухуа щIэныгъэхэмкIэ и къудамэм: член-корреспонденту — 2. ЩIДАА-м жылагъуэ щIэныгъэхэмкIэ и къудамэм: действительнэ члену — 2. Зэпеуэм хэтынухэм къатын хуейщ мы къыкIэлъыкIуэ документхэр (экземпляритIу): 1. Зыхыхьэну къудамэр къыщыгъэлъэгъуауэ кандидатым ЩIДАА-м и президентым и цIэкIэ итха лъэIур. 2. ЩIэныгъэ IуэхущIапIэм е еджапIэ нэхъыщхьэм и щIэныгъэлIхэм кандидатыр ЩIДАА-м хагъэхьэну къызэрагъэлъэгъуам теухуауэ зэIущIэм и протоколым къыхатхыкIар, апхуэдэу кандидатыр ЩIДАА-м хэтхэм къагъэлъэгъуамэ — абы теухуа тхыгъэ. ЩIэныгъэлIхэм я советым и зэIущIэм и протоколым къыхатхыкIам щIэныгъэлIхэм я советым и тхьэмадэмрэ секретарь щIэныгъэлIымрэ я Iэ щIэдзауэ, мыхъур тегъэуэжауэ щытын хуейщ. 3. Кандидатым ирихьэкIа лэжьыгъэр къыщыгъэлъэгъуа тхылъ, абы и сурэтыр телъу, кадрхэмкIэ къудамэм и унафэщIым Iэ щIидзыжауэ, IуэхущIапIэм и мыхъуркIэ щIэгъэбыдэжауэ. 4. Кандидатым езым и IэкIэ итха автобиографие. 5. ЩIэныгъэхэм я докторым и диплом, профессорым и аттестат (абыхэм траха ксерокопие, IуэхущIапIэм кадрхэмкIэ и къудамэм и унафэщIым и Iэ щIэлъу). 6. ЩIэныгъэ лэжьыгъэхэм я спискэ, зэманкIэ къызэрызэкIэлъыкIуэм хуэдэу (кандидатым, щIэныгъэлI секретарым Iэ щIадзыжауэ, IуэхущIапIэм и мыхъур телъу). 7. Кандидатым иригъэкIуэкI щIэныгъэ лэжьыгъэр къызэралъытэм теухуа тхыгъэ (IуэхущIапIэм и унафэщIым Iэ щIидзауэ, IуэхущIапIэм и мыхъуркIэ щIэгъэбыдэжауэ). 8. См 4х6 зи инагъ сурэту щы. Документхэр 2013 гъэм бадзэуэгъуэм и 25-м нэсыху ягъэхь хъунущ мы адресымкIэ: 360000, КъБР, Налшык къалэ, Шортэным и уэрам, 89 а. Телефонхэр: 42-70-06, 42-66-61.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29434.txt" }
Бабугентдэсхэр япэ къекIуэкIыгъуэм щытокIуэ Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и гуп нэхъыщхьэм щекIуэкI зэхьэзэхуэм и япэ къекIуэкIыгъуэр иухащ. Абы текIуэныгъэр къыщихьащ Бабугент и «ЛогоВАЗ»-м. ЕпщыкIубланэ джэгугъуэм бабугентдэсхэм «Спартак-Налшыкым» и щIалэгъуалэ гупыр щыхагъэщIащ. ТекIуэныгъэхэр къахьащ абыхэм къакIэлъыкIуэ «Кэнжэмрэ» «Бахъсэным- рэ». Зэхьэзэхуэм и гъуащхьауэ нэхъыфIхэу Жэбэтырымрэ ШащIэмрэ зыхэт «Къэбэрдеймрэ» «Къэхъунымрэ» Шэрэдж Ищхъэрэ къуажэм щызэIущIат. Хьэлэмэтт абыхэм я зэпэщIэтыныгъэм укIэлъыплъыну. АрщхьэкIэ лъэныкъуэхэр я къарукIэ зрагъэхь щымыIэу къыщIэкIащ икIи гъуащхьауэ лъэщхэм я зэфIэкI къагъэлъэгъуэну Iэмал щIагъуэ иратакъым. Хэгъэрейхэр тезыгъэкIуа топ закъуэр Сосмакъым дигъэ-кIащ. КъыкIэрыху командэхэми зэхъуэкIыныгъэ яIэкъым. «Шагъдиймрэ» «Нартымрэ» я зэIущIэр зэрытемыгъэкIуауэ зэриухам лъэныкъуитIри арэзы къищIа хуэдэкъым. Абы щыгъуэми иужь дыдэ увыпIэм щыт Щхьэлыкъуэ и «ДЕР»-м «Тэрчыр» зэрыхигъэщIам иужьрейм и Iуэхур нэхъ хэплъэгъуэж ищIащ. Сэрмакъдэсхэр зэIущIэ блэкIам джэгупIэ губгъуэм къихьэххакъым икIи 0:3-уэ «Автозапчасть»-м фIихьауэ ятхащ. АдэкIэ фыщыдгъэгъуэзэнщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и чемпионатым и япэ къекIуэкIыгъуэм и иужьрей джэгугъуэм кърикIуа бжыгъэхэм: «ЛогоВАЗ» (Бабугент) — «Спартак-Д» (Налшык) — 3:1, «Шагъдий» (Налшык) — «Нарт» (Нарткъалэ) — 2:2, «Ислъэмей» (Ислъэмей) — «Бахъсэн» (Бахъсэн) — 0:1, «СК-Союз-Сэрмакъ» (Сэрмакъ) — «Автозапчасть» (Бахъсэн) — 0:3, «Прохладнэ» (Прохладнэ) — «Кэнжэ» (Кэнжэ) — 2:3, «Къэбэрдей» (Шэрэдж Ищхъэрэ) — «Къэхъун» (Къэхъун) — 1:0, «ДЕР» (Щхьэлыкъуэ) — «Тэрч» (Тэрч) — 5:3, «Велес» (Къэрэгъэш) — «ГидроЭС» (Налшык) — 1:2, «Шэджэм-2» (Шэджэм ЕтIуанэ) — «Эльбрус» (Тырныауз) — 1:1. ЕтIуанэ къекIуэкIыгъуэм бадзэуэгъуэм и 13-м щIидзэнущ. Хьэтау Ислъам.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29436.txt" }
«Дыщэ щыгъэ-2013» Хабзэ хъуауэ, Бахъсэн куейм илъэс къэс щагъэлъапIэ курыт школыр дыщэ, дыжьын медалхэмкIэ къэзыухахэр. НыбжьыщIэ 29-м дыщэ, 2-м — дыжьын медалхэр, зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэхэм щытекIуахэм — щIыхь тхылъхэр щратыжа «Дыщэ щыгъэ-2013» гуфIэгъуэ зэIущIэ щекIуэ-кIащ куей администрацэм и унэм. Фи акъылымрэ гуащIэмрэ къахьа текIуэныгъэщ нобэ вдэдгъэлъапIэр, ныбжьыщIэхэ, — жиIащ куей администрацэм и Iэтащхьэ Сыжажэ Хьэсэн. — Дрогушхуэ икIи дрогуфIэ еджэным ехъулIэныгъэ лъагэхэр щызыIэрызыгъэхьа, республикэпсо, урысейпсо олимпиадэхэм, нэгъуэщI зэхьэзэхуэхэм пашэ щыхъуа апхуэдэ щIалэгъуалэ Бахъсэн щIыналъэм зэрисым. Фи зэфIэкIым, щIэныгъэм хэвгъахъуэу гъащIэ гъуэгум куэдрэ узыншэу фрикIуэну ди гуапэщ! НыбжьыщIэхэм къадэкIуэу, зэIущIэм щагъэлъэпIащ абыхэм я адэ-анэхэр. Абыхэм иратащ фIыщIэ тхылъхэмрэ ахъшэ саугъэтхэмрэ. Махуэшхуэр зейхэм папщIэ гуфIэгъуэ концерт ятащ щIыпIэ самодеятельностым и артистхэм. ИужькIэ псори ирагъэблэгъащ махуэшхуэм къыхуащта Iэнэм. АЛОКЪУЭ Аринэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29438.txt" }
Нэхъыжьхэм яхуэфащэ щIэблэ Тэрч куейм иджыблагъэ щагъэлъэпIащ ныбжьыщIэ зэчиифIэ гуп. Абыхэм ящыщщ 2012 — 2013 гъэ еджэгъуэм республикэ, къэрал олимпиадэхэм щытекIуахэр, щIыпIэ администрацэм и саугъэтыр зыхуагъэфэщахэр, курыт школыр дыщэ, дыжьын медалхэмкIэ къэзыухахэр. ГуфIэгъуэ зэIущIэм кърихьэлIащ Iуэхур зытеухуа ныбжьыщIэхэр, абыхэм я егъэджакIуэхэр, адэ-анэхэр, куейм и жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр. Еджэным къыхэжаныкIа ныбжьыщIэхэм псалъэ гуапэхэр хужаIащ куей администрацэм и Iэтащхьэ Пэнагуэ Максим, абы и къуэдзэ КIэрэф Мурадин, щIыпIэ самоуправленэм и советым и пашэ Джатэгъэжь Аслъэнбэч, Тэрч къалэм и Iэтащхьэ ГъукIапщэ Алексей, егъэджэныгъэмкIэ куей IэнатIэм и унафэщI Варий Маринэ сымэ, нэгъуэщIхэми. ИужькIэ ныбжьыщIэхэр ягъэпэжащ щIыхь тхылъхэмкIэ, ахъшэ саугъэтхэмкIэ. Апхуэдэхэт, псалъэм папщIэ, мы гъэм екIуэкIа щIэныгъэ-къэхутэныгъэ, творческэ зэпеуэхэм я лауреат хъуа школакIуи 6-р. Дипломхэм ящIыгъуу сом мин тхурытху хъу ахъшэ саугъэт абыхэм яритащ Пэнагуэ Максим. Гулъытэ хэха хуащIащ курыт школыр мы гъэм дыщэ, дыжьын медалхэмкIэ къэзыуха ныбжьыщIэхэм. Ахэр псори зэхэту цIыху 17 мэхъу. Абыхэми хуагъэфэщащ куей администрацэм, егъэджэныгъэмкIэ IэнатIэм къабгъэдэкI щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр. Тэрч куейм щыщ школакIуэ 26-м увыпIэфIхэр къыщахьащ урысейпсо олимпиадэ зэмылIэужьыгъуэхэм я щIыналъэ Iыхьэм. Абыхэм тыгъэу хуащIащ том зыбжанэ хъу классикэ литературэ тхылъхэр. НыбжьыщIэхэм къабгъэдэкI фIыщIэ псалъэкIэ егъэджакIуэхэм, адэ-анэхэм, куейм и унафэщIхэм захуигъэзащ Тэрч къалэм дэт курыт школ №3-р дыщэ медалкIэ мы гъэм къэзыуха Къуэдзокъуэ Амандэ. — Зэдгъэгъуэта щIэныгъэр дгъэбагъуэу, дызыгъэса ди нэхъыжьхэм дахуэфащэу дыпсэуну фыкъыдогъэгугъэ, — къыхигъэщащ пщащэм. — Ди гум куэдрэ ихунукъым къытхуэфщIа гулъытэмрэ къыдэфта гухэхъуэмрэ! ГуфIэгъуэ зэхуэсым и кIэухыу къалэм и ут нэхъыщхьэм щагъэлъэтащ шар гъэпща зэмыфэгъухэр. КIУАНТIЭ Замирэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29441.txt" }
Къамбий Заур и балли 100-р ИнформатикэмкIэ балли 100, физикэмкIэ балл 98-рэ, математикэмкIэ балл 81-рэ. Апхуэдэ щIэныгъэ лъагэ ЕГЭ-хэм къыщигъэлъэгъуащ Налшык дэт 2-нэ лицейр мы гъэм къэзыуха Къамбий Заур. А ехъулIэныгъэ лъагэхэр зэуэ къэкIуакъым. Абыхэм я щIыбагъ къыдэлъщ щIалэм и гуащIэшхуэрэ егугъуныгъэрэ, школым щыщIэса илъэсхэм ящыщ дэтхэнэми абы зыIэригъэхьа текIуэныгъэхэр. 2012-2013 гъэ еджэгъуэм и закъуэ Заур хэтащ икIи щытекIуащ физикэмкIэ, математикэмкIэ, информатикэмкIэ урысейпсо олимпиадэм и щIыпIэ, щIыналъэ Iыхьэхэм. Ар пашэ щыхъуащ КъБКъУ-м и математикэ факультетым къыщызэрагъэпэща «Есэп зэхьэзэхуэхэр» зэхыхьэм, текIуэныгъэ къыщихьащ «Инфознайка-2013» дунейпсо зэпеуэм. «КИТ-компьютерхэр, информатикэр, технологиехэр» урысейпсо зэпеуэм и диплом нэ-хъыщхьэр къыхуагъэфэщащ, «Роснефть — ехъулIэныгъэм ухуэзышэ дэкIуеипIэ» семинарым къыхэжаныкIащ. Апхуэдэ щIэныгъэ ехъулIэныгъэхэм къадэкIуэу, щIалэм зэфIэкI лъагэхэр къыщигъэлъэгъуащ спортми. Курыт школым щадж предмет псори фIыуэ иджащ Заур, арщхьэкIэ абы и псэр нэхъыбэу дэзыхьэхыр физикэмрэ информатикэмрэщ. АбыкIэ ар ещхь хъужащ и адэ Мухьэмэд — физикэмкIэ егъэджакIуэм. — Информацэ технологием нэхъ куууэ сыхуеджэн мурадкIэ, си дэфтэрхэр езгъэхьащ еджапIэ нэхъыщхьэу щым: Информацэ технологиехэмкIэ, механикэмрэ оптикэмкIэ Санкт-Петербург дэт къэрал университетым, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ университетым, КъБКъУ-м. Си насып зыхэлъым сеплъынщ, — жеIэ щIалэщIэм. — ЗэкIэ зыIэрызгъэхьа ехъулIэныгъэхэм я фIыгъэ куэд хэлъщ курыт школым сыщезыгъэджахэм. ЖыпIэнурамэ, егъэджакIуэ Iэзэ куэд щолажьэ ди лицейм. Зи щIэныгъэри зэфIэкIри я гъэсэнхэм ябгъэдэзылъхьэ ди егъэджакIуэхэм фIыщIэ ин яхузощI. ЩIэныгъэфI зэзыгъэгъуэта я гъэсэным хуэарэзыщ егъэджакIуэхэри. Балэ Хъусен, Нэзэр Галинэ, Гюрджиевэ Зинаидэ сымэ, нэгъуэщIхэри ирогушхуэ Заур и ехъулIэныгъэхэм. «Ди гъэсэным нэхъыбэжкIи дыщогугъ, уеблэмэ Нобель и саугъэтыр зэгуэр къы- хуагъэфэщэну дыхуохъуапсэ, — жаIэ абыхэм. — Заур и адэ-анэ Мухьэмэдрэ Людмилэрэ дохъуэхъу гъэсэныгъэ дахэ зыхалъхьа я щIалищым я насып куэд ялъагъуу псэуну». ЗыIэригъэхьа ехъулIэныгъэ лъагэхэм папщIэ Къамбий Заур хуагъэфэщащ КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм къыбгъэдэкI щIыхь тхылъ. Ар щIалэщIэм иратыжащ курыт школыр къызэриухамкIэ аттестатым щIыгъуу. НЫБЭЖЬ Таисэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29445.txt" }
«Нартхэм» къагъэзэж Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм «Нартхэр» тхылъыр иджыблагъэ къыщыдагъэкIащ. Нартхэр» адыгэбзэкIэ куэду дунейм къыщытехьар совет зэманырт, абы иужькIэ и бжыгъэр мащIэущ къызэрыдэкIар. 1957 гъэм традза тхылъым ит хъыбархэмрэ пшыналъэхэмрэ Звягинцевэ Верэ, Липкин Семен, Петровых Марие сымэ зэрадзэкIауэ щытащ. Иджырей къыдэкIыгъуэм ахэри хагъэхьэжащ. Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я мурадщ адыгэ лъэпкъым и «Нартхэм» къакIэлъыкIуэу, Кавказ Ищхъэрэм ис нэгъуэщI лъэпкъхэми я IуэрыIуатэр щIэрыщIэу къыдагъэкIыжыну. Лэжьыгъэр щыщщ Котляров зэщхьэ-гъусэхэм я «Кавказ» проектым. Абы хыхьэу иджыблагъэ дунейм къытехьащ «Женское пространство», нэхъапэIуэкIэ къыдэкIащ «История, народы, обычаи», «Культы, легенды, предания», «Племена, нравы, язык», «Адаты горских народов», «Закон и обычай», «Народы. История завоевания», «Европейские дневники…», «Музыка мировой истории», «Край гордой красоты», «Географические объекты и названия» жыхуиIэхэр. Тхылъыр екIуу зэрыгъэщIэрэщIам, и бжыгъэкIи куэд зэрымыхъум тепщIыхьмэ, зыгуэрым урихуэупсэуну уасэ зэримыIэм шэч хэлъкъым. ГЪУКIАКЪУЭ Идар.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29447.txt" }
Лэжьыгъэм хуэIэижь пщащэ Сурэтым щыфлъагъу пщащэ ЛэкIэпший МадинэУрысей реестрым и Бахъсэн къудамэм и лэжьакIуэщ. Курыт школыр ехъулIэныгъэкIэ къиуха нэужь, Мадинэ еджэным щыпищащ КъБКъУ-м и экономикэ къудамэм. Абы и унафэщI Пащты Ритэ зэрыжиIэмкIэ, Мадинэ зи лэжьыгъэм фIыуэ хэзыщIыкI, псэ хьэлэл зиIэ, нэмыс зыхэлъ бзылъхугъэ щыпкъэщ. Ар гурэ псэкIэ бгъэдохьэ пщэрылъ хуэхъу дэтхэнэ Iуэхуми. КъищынэмыщIауэ, ЛэкIэпшийр гуапэу ядолажьэ Регистрацэ палатэм IуэхукIэ къакIуэ дэтхэнэми. ЦIыхугъэр, хабзэр, нэмысыр зи гъащIэ гъуэгуу ежьа Мадинэ и дунейр дахэу, и лэжьыгъэр къехъулIэу, узыншэу куэдрэ псэуну ди гуапэщ. КЪАРДЭН Мухьэмэд.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29450.txt" }
НыбжьыщIэхэм я зэхыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыблагъэ къыщызэIуахащ Урысей Ипщэм и щIэныгъэ лэжьакIуэ ныбжьыщIэхэм я VII форумыр. Ар къызэрагъэпэщащ Урысейм и щIэныгъэ лэжьакIуэ ныбжьыщIэхэм я зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэмрэ КъБКъУ-мрэ. ЩIэгъэкъуэн къахуэхъуащ «Германский дом науки и инноваций» фIэщыгъэр иIэу Москва дэт щIэныгъэ IуэхущIапIэр. МахуищкIэ зэхэтыну форумым я щIэныгъэ лэжьыгъэхэр щагъэлъэгъуэнущ Москва, Ставрополь, Владикавказ, Налшык къалэхэм, Шэшэн, Ингуш, Дагъыстэн республикэхэм щыщ ныбжьыщIэхэм. КъБКъУ-м и щIэныгъэ советым и залышхуэм щызэхуэса хьэщIэхэм псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Семэн Пщыкъан. Абы къыхигъэщащ иужьрей зэманым щIэныгъэм зезыпщыт ныбжьыщIэхэм я бжыгъэм зэрыхэхъуэр, икIи я къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр я хьэлэмэтагъкIэ, фIагъкIэ ахэр хамэ къэралхэм къазэрыкIэрымыхур. — Мыпхуэдэ зэIущIэхэм мыхьэнэшхуэ яIэщ, сыту жыпIэмэ ныбжьыщIэ нэхъыбэ щIэныгъэм хэша мэхъу, абыхэм я къэхутэныгъэхэмкIэ зэдогуашэ, щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм къикIа щIалэгъуалэр зэроцIыху, ныбжьэгъу зэхуохъу, — жиIащ Семэным. Ар форумым кърихьэлIахэм ехъуэхъуащ я лэжьыгъэр купщIафIэу екIуэкIыну, къэралым и щIэныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуащIыну зэращыгугъри къыхигъэщащ. КъБКъУ-м и ректор Къарэмырзэ Барэсбий и къэпсэлъэныгъэм къыщытеувыIащ иужьрей зэманым я пащхьэ къиувэ Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм. Ди къэралыр Дунейпсо сату зэгухьэныгъэм (ВТО) зэрыхыхьам ипкъ иткIэ, къэрал еджапIэ нэхъыщхьэхэм къалэн мытыншхэр я пащхьэ къиуващ. Ахэр зэфIэха зэрыхъуну щIыкIэм елъытащ дуней псом щыIэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм я рейтингым КъБКъУ-м щигъуэтыну увыпIэр. — Къапщтэмэ, блэкIа илъэсым Урысейм щекIуэкIа къэпщытэныгъэхэм еджапIэ нэхъыщхьэу 286-рэ къызэщIиубыдащ. Абыхэм ящыщу 19-ращ унэтIыныгъитхумкIи щытыкIэфI къэзыгъэлъэгъуар. Ди гуапэщ КъБКъУ-р нэхъыфIхэм я бжыгъэм зэрыхэхуар, — яжриIащ Къарэмырзэм къызэхуэсахэм. — Ди Iуэхухэр нэхъри ефIэкIуэныр зэлъытар фэращ икIи щIэныгъэм лъэ быдэкIэ фыкъыхыхьэну ди гуапэщ. Форумыр зэхэзыублэ зэхуэсыр иуха нэужь, абы кърихьэлIахэм яунэтIащ Iуащхьэмахуэ лъапэ. Тегенекли щIыпIэм щыIэ «Эльбрус» зыгъэпсэхупIэ унэм махуитIкIэ щызэхэтащ секцэ зыбжанэу гуэшауэ щыта зэIущIэхэр. Абыхэм къыщаIэта Iуэхугъуэхэр ятеухуауэ щытащ Кавказ Ищхъэрэм егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ зэрызыщаужьыну щIыкIэм. Форумым хэтахэм Iуащхьэмахуэ лъапэ и щIыпIэ дахэхэм зыщаплъыхьащ, бгым дэкIыну тегушхуахэри яхэтащ. ЩОДЖЭН Iэминат.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29454.txt" }
2001 гъэ лъандэрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым сату-экономикэ IуэхухэмкIэ и хэщIапIэр илъэс куэд хъуауэ Волгоград областым ехъулIэныгъэкIэ щолажьэ. А зэманым къриубыдэу IуэхущIапIэхэм я зэпыщIэныгъэхэм зегъэужьыным хуэунэтIауэ лъэныкъуитIми лэжьыгъэшхуэ зэфIагъэкIащ. ЩIыналъэ зэхуаку зэхущытыкIэфIым щIэдзапIэ хуэхъуащ а зэманым областым и губернатору щыта Максютэ Николай зи пашэ лIыкIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщыкIуа 2001 гъэм и шыщхьэIу мазэр. Абы щыгъуэ зэныбжьэгъугъэм, сату-экономикэ, щIэныгъэ-техникэ, щэнхабзэ я лъэныкъуэкIэ зэрызэдэлэжьэнум теухуа зэгурыIуэныгъэ зэращIылIауэ щытащ. 2003 гъэм и фокIадэм «Волгоград-Налшык» сату унэр гуфIэгъуэ щытыкIэм иту ди республикэм и къалащхьэм къыщызэIуахащ икIи абы лъандэрэ а щIыналъэм и продукцэр (ерыскъыхэкIхэр, хущхъуэхэкIхэр, унэлъащIэр, псэуалъапхъэхэр, нэгъуэщIхэри) щащэ. Зи гугъу тщIы зэманым къриубыдэу Волгоград областым хурагъэшащ республикэм и промышленнэ предприятэхэм къыщыщIагъэкIхэри. Апхуэдэщ, къапщтэмэ, «Телемеханика» ОАО-м, «Севкаврентген-Д», «Урысей-СНГ Фарма Интернейшинал компани», «Радуга», Агро-инвест» ООО-хэм, Налшык гъэш комбинатым и «ЭКОМИЛК» компание гупым я продукцэр. КъищынэмыщIауэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым сату-экономикэ IуэхухэмкIэ и хэщIапIэм социально-псапащIэ, щIэныгъэ, ухуэныгъэ, транспорт IэнатIэхэм щIыналъэ зэхуаку зэдэлэжьэныгъэр щызэрегъэуIу. Абы и унафэщI БжэныкIэ Хъусен мы гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэм Волгоград областым и губернаторым и япэ къуэдзэ Гребенников Роман хуэзащ икIи ди республикэм и делегацэр зэрырагъэблэгъэну щIыкIэр ягъэбелджылащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэхэм я мурадщ зэдэлэжьэныгъэм зезыгъэужьыну мыпхуэдэ Iуэхугъуэхэм абы щыхэплъэну: — Волгоград и кардиоцентрым ди медицинэ лэжьакIуэхэм я щIэныгъэм щыхэгъэхъуэныр; — Волгоград областым и сымаджэщхэм ди сабийхэмрэ балигъхэмрэ къыщегъэIэзэныр; — жьэжьейр щызэрахъуэкI центрым республикэм и цIыхухэр щыгъэхъужыныр; — Волгоград областым и медицинэ IуэхущIапIэхэм медицинэ Iэмэпсымэхэр (рентген аппаратурэхэр), медицинэ препаратхэр (физрастворхэр) хуегъэшэныр; — республикэм и санаторэхэм, и турбазэхэм областым щыщ сабийхэмрэ балигъхэмрэ зыщагъэпсэхуныр; — КъБР-м и предприятэхэм я продукцэр Волгоград областым и сату щIыпIэхэм етыныр. Къэрэщей Элеонорэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29457.txt" }
Мы махуэхэм Бадзэуэгъуэм и 6, щэбэт Кооперативхэм я дунейпсо махуэщ Литвам Къэралыгъуэм и махуэр щагъэлъапIэ. Киевдэсхэм илъэс къэс ягъэлъапIэ махуэшхуэщ — Днепр и махуэщ. Москва зоопаркыр къыщызэрагъэпэща махуэщ. 1557 гъэм Къэбэрдейр езым фIэфIу Урысейм гухьащ. 1957 гъэм КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и гуфIэгъуэ сессие зэхэтащ. Ар теухуауэ щытащ Къэбэрдейр езым фIэфIу Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 400 зэрырикъуам икIи республикэм Ленин орденыр етIуанэу къызэрыратам. Техникэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъМА-м и профессор Сэхъурокъуэ Анатолэ и ныбжьыр илъэс 53-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 25 — 27-рэ, жэщым градус 17 — 21-рэ щыхъунущ. Бадзэуэгъуэм и 7, тхьэмахуэ Тенджыз, псы флотхэм я лэжьакIуэхэм я махуэщ 1687 гъэм Ньютон Исаак къихутащ дунейм зыщIэзышэ къару зэрыхэлъыр. 1971 гъэм КIыщокъуэ Алим СССР-м и Литфондым и унафэщIу хахащ. Мали Республикэм президент щыхах. КъБР-м и Парламентым и депутат Iэпщэ Заур и ныбжьыр илъэс 45-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 24 – 26-рэ, жэщым градус I9 – 22-рэ щыхъунущ. Бадзэуэгъуэм и 8, блыщхьэ Унагъуэм, лъагъуныгъэм, зэхуэпэжыным я махуэщ Урысейм и Дзэ-Хьэуа къарухэм я зенитнэ ракетэдзэхэм я IэщIагъэлIым и махуэщ 951 гъэм Франджым и щыхьэр Париж ухуэн щIадзащ. 1796 гъэм США-м япэу паспорт тын щыщIадзащ. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 26 — 28-рэ, жэщым градус 19 — 22-рэ щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29460.txt" }
НэхъыфIхэр ягъэгушхуэ Налшык и Театр ЩхъуантIэм щагъэлъэпIащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр 2013 гъэм диплом плъыжькIэ къэзыуха щIалэгъуалэ гупышхуэ. ФилологиемкIэ институтыр фIы дыдэу къэзыухахэм ящыщщ ди лэжьэгъу Мырзэкъан ФатIимэ. ЩIэныгъэфI зыгъуэта ныбжьыщIэхэм ехъуэхъуну гуфIэгъуэ пшы-хьым къекIуэлIат КъБР-м и Парламентым Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и комитетым и унафэщI Дадэ МуIэед, КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Семэн Пщыкъан, КъБКъУ-м и ректор Къарэмырзэ Барэсбий, абы къепха институтхэм, колледжхэм я унафэщIхэр, егъэджакIуэхэр, адэ-анэхэр. КъБР-м и Гимнымрэ «Университет вальс»-мрэ гур хагъахъуэу ину ягъэIуа нэужь, утыкум кърагъэблэгъащ Семэн Пщыкъан, Дадэ МуIэед, Къарэмырзэ Барэсбий сымэ. Япэу псалъэ иратащ министрым. ЕджапIэ нэхъыщхьэр ехъулIэныгъэ яIэу къэзыухахэм гуапэу ехъуэхъуа нэужь, Семэныр къеджащ а щIалэгъуалэм КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен къахуигъэхьа гуфIэгъуэ тхыгъэм. — Нобэ гъащIэм хэувэ IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэм сигуми си псэми къабгъэдэкIыу сынывохъуэхъу мыпхуэдэ махуэшхуэмкIэ — университетыр къызэрывухамкIэ, щIэныгъэ лъагэ зэрывбгъэдэлъым щыхьэт техъуэ диплом плъыжьхэр къызэрыватыжымкIэ! А къэрал дэфтэрыр я щыхьэтщ игъащIэкIэ сэбэп къыфхуэхъуну щIэныгъэ куур зэвгъэгъуэтыным фэ ефхьэлIа къарухэм, зэфIэкIхэм, абыкIэ фхэлъ ерыщагъым. Си фIэщ мэхъу: а щIэныгъэ лъагэр, фи зэфIэкI инхэр зэман куэд дэмыкIыу фэ хуэвгъэпсынущ ди республикэм, къэралым я зыужьыныгъэм, — итт хъуэхъу тхыгъэм. — ФыкъыщымыувыIэ фыздынэса лъагапIэм, адэкIи зыIэрывгъэхьэ ехъулIэныгъэщIэхэр, фыхуэпабгъэ текIуэныгъэщIэхэм! Гъуэгу махуэ, ди ныбжьэ- гъухэ! Пшыхьыр зыхуэгъэзахэм гуапэу ехъуэхъуащ Дадэ МуIэеди. Абы и псалъэхэм пищэри, Къарэмырзэ Барэсбий дипломхэр яритыжащ еджапIэр фIы дыдэу къэзыуха щIалэгъуалэм. Псори зэхэту ахэр 383-рэ мэхъу. Абыхэм ящыщу 23-р КъБКъУ-м и педколле-джым къыщIэкIащ, 120-р КъБКъУ-м и факультет зэмылIэужьыгъуэхэм я гъэсэнхэщ, ФилологиемкIэ институтыр фIы дыдэу къаухащ цIыху 22-м, Социально-гуманитар институтыр — цIыху 53-м. ЕгъэджакIуэхэмрэ абыхэм я гъэсэнхэмрэ ехъуэхъуащ адэ-анэхэр, Iыхьлыхэр, ныбжьэгъухэр. Еджэныр ехъулIэныгъэкIэ зэфIэзыха, диплом плъыжьыр яIыгъыу гъащIэм хыхьа ныбжьыщIэхэм къабгъэдэкI фIыщIэ псалъэхэр яхуэгъэзат щIэныгъэ куур щызрагъэгъуэтым дапщэщи гъуэгугъэлъагъуэу яIа я егъэджакIуэхэм, кураторхэм, унафэщIхэм. ГуфIэгъуэ пшыхьыр ягъэдахэу абы уэрэд щыжаIащ, къафэхэр щагъэзэщIащ КъБКъУ-м и гъэсэн Чэрты Мадинэ, къэфакIуэ гупхэу «Каллисто», «Амикс», нэгъуэщIхэми. ЖЫЛАСЭ Маритэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29462.txt" }
Мамырыгъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ я къежьапIэ Универсиадэр — студентхэм я дунейпсо спорт зэхьэзэхуэщ. Ар илъэситI къэс зэ (гъэмахуэмрэ щIымахуэмрэ) йокIуэкI. Студент спортым и тхыдэм 1905 гъэр и къежьапIэщ. А илъэсым США-м щекIуэкIащ еджапIэ нэхъыщхьэхэм щIэс щIалэгъуалэм я япэ дунейпсо зэхьэзэхуэхэр. Ар Iуэхур зэрыхъунум щIыкIэлъыплъа зэпеуэт икIи 1919 гъэм Птижан Жан Студентхэм я конфедерацэ къызэригъэпэщащ. ИлъэсиплI дэкIри, Студентхэм я япэ дунейпсо спорт зэхьэзэхуэ Франджым и къалащхьэ Париж щызэхэтащ. АдэкIэ къыкIэлъыкIуащ Рим (1927), Дортмунд (1930), Турин (1933), Париж (1937), Монте-Карлэ (1939)… Ди къэралым япэ дыдэу ар къыщылъысар 1973 гъэрщ. Мэзкуу щекIуэкIа VII гъэмахуэ Универсиадэм къэрал 72-м къикIа студентхэр хэтащ. Мис иджы чэзур Къэзан и деж къэсащ. Ди къэралым и лъэпкъ республикэм япэ дыдэу дзыхь кърагъэзащ мыпхуэдэ зэхьэзэхуэ ин иригъэкIуэкIыну. Тэтэрстаным и къалащхьэм жэуаплыныгъэшхуэ пылъу ХХVII Дунейпсо гъэмахуэ Универсиадэм зыхуигъэхьэзыращ. Стадион екIухэр, спорт зэхьэзэхуэхэр щекIуэкIыну утыку Iэхуитлъэхуитхэр, хьэщIэхэр зыщIэсын, я нэгу зыщрагъэужьыну щIыпIэ телъыджэхэр яухуащ, щыIэхэр ирагъэфIэкIуащ. Къэзан псоми наIуэ ящищIащ хуабжьу зызыужь къалэу зэрыщытыр икIи ди къэралым щыщу спорт зэхьэзэхуэ инхэр Мэзкуурэ Санкт-Петрбургрэ фIэкIа щебгъэкIуэкI мыхъуну нэхъапэм къалъытэу щытамэ, иджы Тэтэрстаным и къалащхьэр абыхэми ефIэкIыжащ. Бадзэуэгъуэм и 6 — 17 махуэхэм Къэзан щыIэну ХХVII Дунейпсо гъэмахуэ Универсиадэм къэрали 170-м къикIа спортсмен мин 13,5-м щIигъу хэтынущ. Урысей Федерацэм и гуп къыхэхар нэхъыбэ дыдэхэм ящыщщ. Абы хохьэ къэралым и щIыпIэ 72-м щыIэ еджапIэ нэхъыщхьи 192-м ще-джэ спортсмен 663-рэ. Нэхъыбэ дыдэ къызэщIеубыдэ атлетикэ псынщIэм, псым есыным, бэнэкIэ зэмылIэужьыгъуэхэм. Ди къэралым и щIыхьыр Къэзан щызыхъумэнухэм ящыщщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэхэу дзюдомкIэ зэхьэзэхуэм хэтыну Хьэбэчыр Муратрэ лъагагъым елъэнымкIэ куэдкIэ дызыщыгугъ Кучинэ Мариерэ. ИлъэситI и пэкIэ Китайм и Шэньчжен щIыпIэм щекIуэкIа ХХVII гъэмахуэ Универсиадэм МВД-м и Краснодар университетым Налшык щиIэ къудамэм и студент Хьэбэчырым жэз медаль къыщихьащ, иджы дыщэкIэ дыщогугъ. Иджырей Универсиадэхэр Олимп Джэгухэм зыкъомкIэ ещхь хъуащ икIи япэм хэтам и процент 60-м нэблагъэм етIуанэми зыкъыщагъэлъагъуэ. Абы спорт лIэужьыгъуэ 27-кIэ щызэхьэзэхуэнущ. Шэч хэлъкъым атлетикэ псынщIэм, баскетболым, футболым, дзюдом, теннисым, нэгъуэщIхэми щыIэну зэпэщIэтыныгъэ гуащIэхэм куэд дихьэхыу зэрыкIэлъыплъынум. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, дунейм и щIыпIэ псоми къикIа зыплъыхьакIуэ мини 100-м щIигъу Тэтэрстаным къэкIуэнущ. ЖыпIэну ирикъунщ зэпеуэхэр Къэзан и спорткомплекс 49-м зэрыщекIуэкIынур. Ахэр нобэрей гъащIэм сыт и лъэныкъуэкIи къитIасэ дунейпсо мардэм тет ухуэныгъэ телъыджэхэщ икIи илъэс миным щIигъу тхыдэ зиIэ Тэтэрстаным и къалащхьэр зыгъэбжьыфIэхэщ. Спорт зэхьэзэхуэхэм къадэкIуэу, Къэзан щекIуэкIынущ «Щэнхабзэ Универсиадэ». Ар япэу къыхалъхьа Iуэхугъуэщ. А фестивалым Iэмал къитынущ Урысей Федерацэм, нэгъуэщI къэралхэм я лъэпкъ зэмы-лIэужьыгъуэхэм я гъуа-зджэ къулейм хуей псоми зыхагъэгъуэзэну, къалэм и театрхэмрэ музейхэмрэ зыщаплъыхьыну. Аращи, дунейпсо щIалэгъуалэм я спорт зэхьэзэхуэ телъыджэм нобэ Къэзан щыщIедзэ. Ар екIуу къызэгъэпэща, хуабжьу удэзыхьэх зэрыхъунум шэч хэлъ-къым. Псом ящхьэращи, дэнэ щIыпIэкIи къикIа щIэблэщIэм Iэмал яIэнущ я къарумрэ зэфIэкIымрэ здынэсыр спорт утыкухэм щызэхагъэкIыным къищынэмыщIауэ, зэрыцIыхуну, зэрылъытэну, я гупысэхэмкIэ зэхъуэжэну. Ахэращ мамырыгъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ я къежьапIэр. Жыласэ Заурбэч.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29465.txt" }
Къэрал мылъкур приватизацэ щIыным егугъуну пщэрылъ ящищIащ КъБР-м и Правительствэм щыщу экономикэ IэнатIэм егъэщIылIахэр — япэ вице-премьер Марьяш Иринэ, финансхэмкIэ министр КIэрэф Мурат, экономикэ зыужьыныгъэмкIэ министр Мусуков Алий, къэрал мылъкумрэ щIы IуэхухэмкIэ министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Тонконог Аннэ сымэ къызрихьэлIа зэIущIэ КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен бадзэуэгъуэм и 4-м иригъэкIуэкIащ. Абы щытепсэлъыхьащ 2013 гъэм къэрал мылъкур приватизацэ щIынымкIэ программэр зэрагъэзащIэм, апхуэдэу республикэ бюджетым хэхъуэхэр къыхузэщIэгъэуIуэнымкIэ илъэсым щыщу блэкIа мазихым ялэжьахэм. Тонконог Аннэ жиIащ приватизацэр зэрекIуэкIыну щIыкIэр мы махуэ гъунэгъухэм къриубыдэу печатым къызэрытрадзэнур икIи къэрал мылъкур къэзыщэхуну хуейхэм я заявкэхэр министерствэм къаIихыу зэрыхуежьэнур. Абы къыдэкIуэу акцэ гупхэмрэ ямыгъэIэпхъуэ мылъкум хиубыдэ объектхэмрэ я уасэхэр ягъэувынущ. «Абыхэм сом мелуан 50-м щIигъу уасэ хуагъэувмэ, Къэрал мылъкур зехьэнымрэ щIы IуэхухэмкIэ министерствэм зыхуэфащэ документхэр игъэхьэзырынущ, КъБР-м и Парламентым и арэзыныгъэ, законым къызэригъэувым хуэдэу, къыIихын папщIэ», — жиIащ министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэм. КъБР-м и Iэтащхьэм зыхуэфащэ къулыкъущIэхэм я пщэ ирилъхьащ къэрал мылъкум и уасэр нэхъ псынщIэу яубзыхуну икIи программэм къыщыгъэлъэгъуа Iуэхухэр гъэзэщIэным щIадзэну. КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29472.txt" }
КъБР — КъШР — 17:0 Урысейм и VI гъэмахуэ спартакиадэм къриубыдэу Крымск щекIуэкIа Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыщ ныбжьыщIэхэм футболымкIэ я зэпеуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым икIахэм япэ увыпIэр къыщахьащ. Зэпеуэм хэтащ командэ хырых къызэщIэзыубыдэ гупитI. Япэм щыджэгуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Шэшэным, Осетие Ищхъэрэ-Аланием, Дагъыстэным, Ставрополь крайм я лIыкIуэхэр. ЕтIуанэ гупым хэтащ Астрахань, Волгоград, Ростов областхэм, Къалмыкъ, Адыгэ республикэхэм, Краснодар крайм щыщ футболистхэр. Зэпеуэр махуихкIэ екIуэкIащ. Япэ джэгугъуэм КъБР-м и командэм Шэшэным и лIыкIуэхэр 2:0-у хагъэщIащ. Ставраполдэсхэми ди щIалэхэр 1:0-у ятекIуащ. Къэрэшей-Шэрджэсым къикIахэр бжыгъэр 17:0-у хагъэщIащ. КъБР-мрэ Осетие Ищхъэрэ-Аланиемрэ я зэIущIэр 1:1-уэ иухащ. Дагъыстэнхэм бжыгъэр 3:0 текIуэныгъэ къыфIа- хьащ. Ди футболистхэм я тренерщ ГъуэплъащIэ Аслъэнрэ Журт Олегрэ. КъБР-м и футболистхэм къахьа текIуэныгъэм бадзэуэгъуэм и 29-м щегъэжьауэ шыщхьэIум и 8 пщIондэ Пензэ щекIуэкIыну зэхьэзэхуэм хэтыну Iэмал къаритащ. Гъэунэ Светланэ, КъБР-м Спортымрэ туризмэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29477.txt" }
Нэхъыжьхэми нэхъыщIэхэми ялъоIэс Джэрмэншык къуажэм и Ветеранхэм я советым къалэн нэхъыщхьэу зыхуигъэувыжыр нэхъыжьхэм ди нэIэ ятедгъэтынырщ, къыхуащIапхъэ Iуэхутхьэбзэхэр хабзэм тету и чэзум къазэрылъэIэсым кIэлъыплъынырщ. Абы къищынэмыщIауэ зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъым пщIэ хуэщIынымрэ щIалэгъуалэм ядэлэжьэнымрэ къызыдогъэпэщ. Советым и комиссэхэм хэтхэм куэдкIэ я фIыгъэщ илъэс къэс ТекIуэныгъэм и махуэр, я хэкум къыщхьэщыжу зауэм хэкIуэда зауэлIхэм я фэеплъ махуэхэр зэрыдгъэлъапIэр. Советым хэтхэр нэхъыжьхэм я унэ дыкIуэурэ я Iуэху зыIутыр зыдогъащIэ. Ар зыхуэныкъуэ щыIэмэ, хъыбар идогъащIэ ди къуажэ хьэрычэтыщIэхэмрэ унафэщIхэмрэ. ФIыщIэ лей хуэсщIыну сыхуейт «Эрпак» IуэхущIапIэм и унафэщI Ерчэн Жамбулэтрэ къуажэ администрацэм и Iэтащхьэу щыта, иджы Джэрмэншык и щIыпIэ самоуправленэм и унафэщI Тумэ Рашидрэ. Ахэр ди Iуэху зыIутым фIыуэ щыгъуазэщ, икIи, Iэмал зэриIэкIэ, я къарурэ чэнджэщрэ къыдахьэлIэ. Илъэс кIуам абыхэм ветеранхэм ящыщу зи унагъуэ нэхъ хуэмыщIахэмрэ ныкъуэдыкъуэхэмрэ сом мин 200-кIэ дэтхэнэми зыщIагъэкъуащ. ТекIуэныгъэм и махуэм, Хэкум къыщхьэщыжахэм я щыгъуэ махуэм, нэщI мазэм, жьы хъуахэм я махуэм, илъэсыщIэм ирихьэлIэу ди нэхъыжьыфIхэм сыт щыгъуи ахъшэрэ ерыскъыкIэ ядоIэпыкъу. 2007 гъэм Ерчэн Жамбулэт и мылъкукIэ къуажэ сымаджэщыр къызэрагъэпэщыжауэ щытащ, мелуанищым щIигъу текIуадэу спортымкIэ унэ щIалэгъуалэм хуащIащ, къуажэм и футбол джэгуакIуэ гуп и мылъкукIэ зэхишащ. НэщI мазэр щикIкIэ, Тумэ Рашид илъэс къэс Iэнэшхуэ нэхъыжьхэм къахуегъэув (хегъэщхьэж). Ветеранхэм, хуэмыщIахэм, зи Iэпкълъэпкъым сэкъат иIэхэм мылъкукIэ зыщIагъакъуэ Къущхьэ Заурбэч, Жакъуэ Вячеслав, ЛIуп Аслъэн, Шыдгын ТIэхьир сымэ. Ажий Валерэ къуажэкхъэм гуэщышхуэ дищIыхьащ, Семэн Аслъэн къуажэ мэжджытыр иризэрагъэпэщыжыну сом минищэ и гуащIэдэкIым хигъэкIащ, ЛIуп Аслъэн илъэс кIуам зэпкърыплъхьэ-зэпкърыпх хъу, цIыху 80-м нэблагъэ зыщIэхуэ гуэщ къищэхуащ. Ди къуажэ сымаджэщыр зи лэжьыгъэм фIыуэ хэзыщIыкI IэщIагъэлIхэмкIэ къызэгъэпэщащи, къызэредджэу, дэIэпыкъуэгъу псынщIэр къос. Жьы хъуауэ, я закъуэу псэу сымаджэ цIыху 12-м набдзэгубдзаплъэу якIэлъоплъ къуажэм и социальнэ лэжьакIуэхэу Мэз Мадинэрэ Кхъуэныхь Инессэрэ. Ди Советым гулъытэ щхьэхуэ зыхуищIхэм ящыщщ къыдэкIуэтей щIэблэр гъэсэныр. А мурадыр и лъабжьэу, щIалэгъуалэм захудогъазэ ди лъэпкъым и хабзэ дахэмрэ и тхыдэмрэ яхудоIуатэ. Ауэ, пэжыр жысIэнщи, едгъэкIуэкI лэжьыгъэхэр псыхэкIуадэ ящIу къысщохъу телевизорымрэ Интернетымрэ. «Школа», «Курсанты», «Дети Арбата», «Штрафбат», «Дом-2» нэтынхэм сыт къыдэкIуэтей щIэблэр зыхуиущиифынур? Адэ-анэмрэ егъэджакIуэхэмрэ зыщышынэ, зызыщадзей, я быныр зыщахъумэну хэт икIагъэ куэд абыхэм щагъэнэхъапэ. Зи щIалэгъуэ куэд щIапIыкIащ «Чапаев», «Тимур и его команда», «Молодая гвардия», «Как закалялась сталь» жыхуиIэ, нэгъуэщI кинофильмхэми. Си щхьэкIэ сыарэзыкъым комсомол, пионер зэгухьэныгъэхэр зэрыщымыIэжымкIэ. Ахэр хъарзынэу сэбэп хъурт, щIэблэщIэм купкъ быдэ яIэу, я гъэсэныгъэм утемышынэу къэгъэтэджынымкIэ. Къуажэ школым щызэфIагъэувэж Лэжьыгъэмрэ зауэмрэ я щIыхь пэшыр. Ар къызэзыгъэпэщыжхэм «Джэрмэншык», «Солдатские вдовы и их дети», «Герменчикской школе 85 лет» жиIэу къыдэзгъэкIа си тхылъхэр къыщагъэсэбэп. Апхуэдэу нэхъыжьхэр дадолажьэ къуажэ молэмрэ муслъымэнхэм я зэгухьэныгъэмрэ. Къыхэгъэщыпхъэщ, къуажэм дэс пенсионерхэмрэ унагъуэ хуэмыщIахэмрэ я Iуэхур зэрыгугъур. Ар нэхъ хьэлъэж ещI газ, псы, уэздыгъэ уасэм кIэ имыIэу зэрыхэхъуэм, хущхъуэращи, цIыхухэм къатехьэлъэу лъапIэщ. Пенсэ кIуахэм ират ахъшэр мащIэ дыдэщ, псалъэм папщIэ, нэгъабэ, пенсэ къэзыхь цIыху 510-м щыщу 81-м я ахъшэр сом минитху ирикъуу аркъудейт, 90-м ейр абы нэсыххэртэкъым. Къытхуэнэжращи, фIым дыщыгугъыу, тхузэфIэкIыр тщIэуэ допсэу. ЛIуп Нурхьэлий, Джэрмэншык къуажэм и Ветеранхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29479.txt" }
ЗАГС-м и управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и унафэщI ПIаз Юлие Темыркъан и пхъум и махуэ лъапIэмкIэ дохъуэхъу ПIаз Юлие Узыншагъэ быдэ уиIэу, гуфIэгъуэр уи куэду, дэрэжэгъуэмрэ гукъыдэжымрэ уи Iэпэгъуу, узыпэрыт лэжьыгъэм и хъер плъагъуу, къепхьэжьэ сыт хуэдэ Iуэхуми ехъулIэныгъэ ущиIэу, уи мурадхэр къохъулIэу Тхьэм уигъэпсэу. Хабзэ, нэмыс, цIыхугъэшхуэ пхэлъу дунейм утетщи, гъащIэм гу щыпхуэну си гуапэщ. ЖьэкIэмыхъу Жаннэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29481.txt" }
Дэнэ Хэкум узышэж гъуэгур къыщежьэр? Шэрджэс… мы псалъэм гуэхыпIэ имыIэу епхащ лIыгъэр, хахуагъэр, дахагъэр, адыгагъэр. А фIагъхэмкIэщ Шэрджэс щIыналъэм щыпсэухэр дэнэкIи къызэрыщацIыхуу щытар. Жэнэт щIыпIэу къалъытэм къэралыгъуэ куэди къещат, арщхьэкIэ адыгэм и Хэкур зыми къригъэзэуакъым. МафIэ гъуэжькуийуэ Урыс-Кавказ зауэр къыкъуэуа и ужькIи, абы илъэси 101-кIэ ихъумащ и лъахэр. Шэрджэсыр Урысей пащтыхьыгъуэм къыщизэум, лъэпкъыр и щIыналъэм иригъэкIащ. Уэсмэн къэралыгъуэр увыIэпIэ зыхуэхъуа адыгэхэм я фIэщ хъуртэкъым зэман кIэщIым къамыгъэзэжыну. Илъэс IэджэкIэ я нэпс мыгъущу къыщалъхуа я щIыпIэмкIэ къэплъащ адыгэхэр. Ауэ хейм гъуэгу егъуэт, жыхуаIэрщи, я бзэ, я хабзэ зыхъума ди лъэпкъэгъухэм къагъэзэж нобэ. Аращ, къэзыгъэзэжхэрщ, Адыгейм щыщ щIалэ Нэгъаплъэ Аскэрбий и «Черкесия. Возвращение» фильмыр зытриухуари. Абы и сценарийр Гъубжокъуэ Марат итхащ, режиссерыр Даур Хъусенщ, макъамэр ЛIыбзу Аслъэн щIигъэуващ. Фильмым къыщыгъэлъэгъуащ XIX лIэщIыгъуэм и 60 гъэхэм адыгэр и щIыналъэм зэрырашам и теплъэгъуэхэр. Хэкур щабгына япэ махуэхэм къыщыщIэдзауэ, адыгэхэм я лъахэр зрагъэгъуэтыжын мурадыр зэи яIэщIэхуакъым. Ауэ а гухэлъыр Уэсмэн пащтыхьыгъуэм къабыл хуэщIынутэкъым — абы къыхэхъуат хахуагъэ зыхэлъ, лэжьыгъэм хуэIэижь цIыху мини 100-хэр. Урысейрщи, хуэныкъуэтэкъым абыхэм. Хэхэс адыгэхэм я лъэIухэр зэхахыртэкъым е зэхахыну хуейтэкъым. Александр II и зы унафэр арат зытеу- хуар: «Iуэхум къэгъэзэжын къыхэкIын хуейкъым», — щIигъэбыдыхьат абы и псалъэр. Апхуэдэу зэманым лIэщIыгъуэщIэ къигъэунэхуащ, Шэрджэс щIыналъэр зыбгъэдэмылъыж адыгэми и тхыдэщIэм къыпибжыкIыу хуежьащ… ЩIэблитI къащIэхъуа иужькIэщ Тыркур псэупIэ зыхуэхъуа адыгэхэм зэрымыкIуэдар я Хэкум кърагъэщIэну Iэмал щагъуэтар. Кавказым икIахэм абы щыгъуэм къызэрагъэпэщат Зэкъуэтыныгъэмрэ зэдэIэпыкъунымкIэ адыгэхэм я зэгухьэныгъэ, ауэ, я щIыналъэ къэкIуэжын папщIэ, абыхэм иджыри щIэгъэкъуэн яIэтэкъым. ЩIыналъэ ирагъэбгынам здраха сыт хуэдэ хьэпшыпри хэхэсхэм дежкIэ дыщэм нэхърэ нэхъ лъапIэт. «Дыщымыпсэуми, дыщрелIэ» — я адэжьхэм я жыIэр зыгъэзэщIэфауэ щыта ЛIэужь Фахъри Къэбэрдейм куэдрэ ягу къыщагъэкIыж. Ефэнды Джылахъстэн фильмым щыжеIэ: «ПсэкIэ спэгъунэгъу хъуат Фахъри. ЦIыху хьэлэмэтт. ЗгъэщIагъуэрт абы щыгъуэм ди лъэпкъэгъухэр ерыщу ХэкумкIэ къэкIуэжыну къызэреIэр, икIи сригушхуэрт. Фахъри къыгурыIуагъэнт куэдрэ зэрымыпсэужынур, абы къыхэкIкIи зы дэфтэри имыIыгъыу Москва къэлъэтат. Республикэ сымаджэщым щIагъэгъуалъхьэри, махуитIрэ жэщитIрэ фIэкI мыпсэужу абы и псэр хэкIащ…». Илъэсхэр кIуэрт, хуэмури Хэкум «халъхьа» гъущIыбжэр къызэIуахыж хъуащ. ЦIыхухэр къэкIуэжырт. Хэти и закъуэт, хэти унагъуэт. Ахэр хьэзырт иджыри къэс зыщыщIа я адэжь щIыналъэм лъабжьэфI щагъэтIылъыну. «ХьэщIапIэ къакIуэми къагъэзэжыпэми зи щIыналъэ къекIуэлIэжхэм сэ сыт щыгъуи яжызоIэ: фи сабийхэр фхъумэнумэ, лъэпкъыр къызэтенэну фыхуеймэ, зы гъуэгущ фиIэр — Хэкурщ», — жеIэ Абеикъуэ Шухьэиб. Нэгъаплъэ Аскэрбий и фильмыр дэфтэр купщIафIэхэмрэ сурэтхэмкIэ гъэнщIащ, апхуэдэуи адыгэ Iуэхум теухуауэ къэрал къулыкъущIэхэр, публицист цIэрыIуэхэр, къэзыгъэзэжа ди лъэпкъэгъухэр абы къыщигъэпсэлъащ. Фильмыр Иордание, Тырку, Германие, Москва, Санкт-Петербург, Къэбэрдей, Адыгей, нэгъуэщI щIыпIэхэми зэрыщытрахар къэплъытэмэ, ар Iуэхум и пэжыпIэкIэ щIэгъэбыдащ. Абы къинэмыщIауэ, адыгэ щIыналъэхэм зыщыдегъэплъыхь. Апхуэдэщ Мейкъуапэ и уэрамхэр, а къалэм дэт мэжджытыр, нэгъуэщI щIыпIэхэри. Долъагъу урыс пащтыхь Александр ЕтIуанэмрэ шэрджэс лIыкIуэхэмрэ щызэIущIауэ щыта члисэжьым къыхэнэжари. Нэгъаплъэм дегъэцIыху Германием, Тыркум, Иорданием, нэгъуэщI щIыпIэхэми къикIыжа щIалэщIэхэр. Гуапэ пщохъу ахэр я щэнхабзэр хъумэным зэрыхущIэкъур щыплъагъукIэ. Фильмым къыщыпсэлъахэм ящыщщ Къэрал зэхущытыкIэхэмкIэ, хамэ щIыпIэ щыпсэу ди хэкуэгъухэм, дунейпсо гуманитар зэпыщIэныгъэхэм я IуэхукIэ щыIэ Федеральнэ IуэхущIапIэм (Россотрудничество) и унафэщI Косачев Константин. Абы жеIэ: «Дэнэ къэрал щы- псэуми, сыт хуэдэ лъэпкъым щыщми, Урысейм и цIыхуу зыкъэзылъытэжым зыкIи дыпэрыуэфынукъым. Шэч къытетхьэркъым адыгэ куэд дыдэ Урысейм имысу хамэ къэралхэм зэрыщыпсэум. Апхуэдэу щIэхъуам и щхьэусыгъуэу къалъытэри илъэси 100-м щIигъукIэ екIуэкIа зауэрщ, абы и Iэужьырщ. И нэхъыбапIэр хэкIуэдат, мыдрейхэм Урысей пащтыхьыгъуэм зригъэгъуэта щIыр ябгынэн хуей хъуат. КъызэрысщыхъумкIэ, лъахэм къэкIуэжыну хуейхэм апхуэдэ Iэмал етыпхъэщ, а Iэмалри къызэдгъэпэщыну ди къалэнщ». Фильмым еплъахэр. Публицист, тхакIуэ цIэрыIуэ Гордин Яков жеIэ: «Шэрджэсхэм XIX лIэщIыгъуэм къатепсыха гузэвэ-гъуэр къэлъытэнымрэ зи Хэку зыбгынахэм къегъэгъэзэжынымрэ епха Iуэхугъуэхэр хуэщхьэпэнущ езы Урысейми. Апхуэдэ гуапагъэ къэралым хузэфIэкIрэ пасэ зэманым я лъахэм ирахуахэм гулъытэ яхуищIмэ, абы дуней псом пщIэ щиIэнущ, адыгэм лей къылъысар къимылъытэфрэ цIыхухэр IуигъэкIуэтмэ — къэралым нэгъуэщI еплъыкIэщ къыхуаIэнур». Фильмым увыпIэ хэха щегъуэт хамэщI къикIыжу зи адэжь щIыналъэр зэзыгъэгъуэтыжахэм я псэукIэмрэ я гупсысэхэмрэ. Абыхэм яхэтщ шхапIэ, тыкуэн зиIэхэри, нэгъуэщI IэнатIэ мыинхэр къызэзыгъэпэщахэри. ЩыIэщ щIым телажьи, IэщIагъэ зэмылIэужьыгъуэхэр зэзыгъэгъуэтаи. Нэгъаплъэ Аскэрбий дегъэцIыху дохутыр Iэзэу мы зэманым ялъытэ Цей Ирфан. Ар Адыгейм и республикэ сымаджэщым и IэщIагъэлI пажэщ, къыдэлажьэхэри зи узыншагъэм кIэлъызыгъэплъхэри абы къыхуэарэзыщ. «Сэ 1991 гъэм Хэкум сыкъэкIуэжащ. Нэхъ Iуэху ин дыдэу япэу узыIууэр бзэращи, ухуей закъуэмэ, ари зэбгъэщIэфынущ», — жеIэ Цейм. Фильмыр зи лэжьыгъэм лъэныкъуэ иригъэзакъым адыгэ псори мы зэманым зыгъэгузавэу Сирием къыщыхъуахэм. Тлъагъуу зэтокъутэ, ямыщIыналъэми, ди лъэпкъэгъухэм псэупIэ яхуэхъуа къэралыр. ЦIыхухэр хокIуадэ, я лъапсэхэр къагъанэурэ щтапIэ йохьэж. Къумыкъу Мамдухь къыхегъэщ: «Сирием къыщыхъея зауэр шынагъуэщ. Апхуэдэ дыдэу, XIX лIэщIыгъуэм Урысей, Уэсмэн пащтыхьыгъуэхэр Шэрджэсым къытегуплIауэ щытащ икIи щIыналъэм и щхьэхуитыныгъэр фIагъэкIуэдащ. Абы зыкIи къыщхьэщыкIыу сщIэркъым иджыпсту Сирием щекIуэкI зэщIэхъееныгъэри». — Адыгэр Хэкум къэгъэкIуэжыным епха Iуэхур гъэбелджылауэ, жэщи махуи жыхуаIэм хуэдэу, елэжьын хуейщ. Ар зэфIэгъэкIа хъунукъым жылагъуэ IуэхущIапIэхэм я закъуэкIэ, абы елэжьыпхъэр къэрал IэнатIэхэрщ. Дэ куэд дыхъуркъым икIи зыми дезэуэну зыдгъэхьэзыркъым… дэ дызыхуейр ди лъахэм дгъэзэжын къудейрщ. Дыщыгугъынщ Урысейм ди хьэтыр къилъагъуным, — къыщепсэлъ фильмым уэрэджыIакIуэ, хьэрычэтыщIэ Къущхьэ Догъан. Фильмым щIэлъ гупсысэр нэхъри зыхыуагъащIэ ди лъэпкъэгъу къэкIуэжахэм я щIэблэм уэрэдыжь жаIэу, къафэу щыплъагъукIэ. Апхуэдэ теплъэгъуэ кIэщIхэр гум дохьэ. «Адыгэ уэрэдыжьхэм бзэр яхъумэ. Бзэр къедгъэлмэ, хабзэри щыIэнущ. Хабзэмрэ бзэмрэ зыIэщIэдмыгъэхурэ — лъэпкъри къызэтенэнущ», — жеIэ «Жьыу» ансамблым и унафэщI ГъукIэ Замудин. Хэкум екIуэлIэж лъагъуэр адыгэхэм зыщагъэгъупщэ зэрымыхъуныр и лъабжьэу, фильмыр япэу зылъэгъуахэм я еплъыкIэхэр жаIащ. Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд къыхигъэщащ фильмыр адыгэ щIалэхэм къазэрехъулIар икIи адэкIи творческэ лэжьыгъэфIхэр яIэну ехъуэхъуащ. Гуманитар-къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым, «Адыгэ псалъэ» газетым я лэжьакIуэ Хъуажь Фахъри къыпещэ: — «Хуабжьу сигу ирихьащ Хэкум къэзыгъэзэжхэм теухуа мы фильмыр. Пэжу щыжыIащ абы: «Ди адэшхуэхэр мы щIыналъэм щрахуам щыщIэдзауэ я лъахэм къагъэзэжын гупсысэр зэи яIэщIэхуакъым». ЦIыхум и анэр, ар дуней псом тет цIыхубзхэм я нэхъ дахэу щымытми, икIи фIэдахэщ икIи фIэлъапIэщ. А лъагъуныгъэр зыхуэбгъадэ хъуну сэ къэслъытэр Хэкурщ. ФIыми Iейми гурэ псэкIэ абы убгъэдэтын хуейщ, аращ укъэзымыгъэпцIэжынури. ГузэвэгъуэкIэ ди лъэпкъэгъухэр ирахуами, мамырыгъэкIэ къагъэзэжыну дыхъуапсэрт, арщхьэкIэ аргуэру зы гъэунэхупIэ адыгэр иригъэуващ Сирием къыщыхъуа зауэм. Ар мыхъуатэмэ, «къэвгъэзэж» жытIэ къудейкIи, Iуэхур тынш хъунутэкъым, лэжьыгъэр, унэ-лъапсэр пхъуэжыну гугъущи. Аращ занщIэу зыкъытрачу къыщIэмыкIуэжыфхэри. НэхъыфIым дыщыгугъынщ». Фахъри и псалъэхэм пищащ илъэс 41-рэ и пэкIэ и Хэку къэкIуэжа Абеикъуэ Шухьэиб. — СыкъызэрыкIуэжрэ зэманыфI дэкIами, гу щысхуакъым иджыри къэс си щIыналъэм. Псыежэххэр, мэзхэр, мывэхэр щIыуэпсым сыщыхэтым ахэр псори къызэIущащэу къысщохъу. Хэку фIылъагъуныгъэр щызыхэпщIэу траха «Шэрджэс. Къэзыгъэзэжахэр» фильмыр мыхьэнэ зиIэ лэжьыгъэфI хъуауэ къызолъытэ, — жиIащ абы. Фильмыр къазэрыщыхъуам тепсэлъыхьащ ди нэхъыжьыфIхэу Ефэнды Джылахъстэн, ХьэкIуащэ Андрей, Пэунэж Яшар сымэ, нэгъуэщIхэри. Абыхэм къыхагъэщащ фильмыр телевиденэмкIэ къагъэлъагъуэмэ, зэрафIэкъабылыр. ЕгъэджакIуэ Безрокъуэ Маритэ жиIащ лэжьыгъэм гъэсэныгъэ мыхьэнэ зэриIэр, абы щIэблэм къахуэщхьэпэн куэд къызэрыхахыфынур. БАГЪЭТЫР Луизэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29484.txt" }
Iуащхьэмахуэ щхьэкIэ Iэ яIэт Болгарием и УниверситетыщIэм и егъэджакIуэ, а къэралым и президент Плевнелиев Росен и тэрмэш Наймушин Борис лэжьыгъэ IуэхукIэ мы зэманым Пятигорск дэт лингвистикэ университетым щыIэщ. Iуащхьэмахуэ куейм и пресс-IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ Тарим Алисэ хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, УФ-м зэрыщыIэну программэм къриубыдэу, абы Iуащхьэмахуэ лъапэ иджыблагъэ зыщиплъыхьащ икIи илъэгъуахэр гуимыхуж къыщыхъуащ. — Кавказ щIыналъэм иджы япэ дыдэу сыкъэкIуауэ аращ, — жеIэ Наймушиным. — Iуащхьэмахуэ бгым и уардагъым, дахагъым гъэр сащIа хуэдэт. Iуащхьэмахуэ пащтыхьыгъуэ абрагъуэм и цIыху цIыкIуу зыкъысщыхъужырт, апхуэдизу абы и теплъэм ситхьэкъуати. Европэм и бгы нэхъ лъагэ дыдэ Iуащхьэмахуэ «Урысей-10» мультимедийнэ проект-зэпеуэм зэрыхэтыр къищIа нэужь, Наймушиным зэхьэзэхуэм и сайтым Iэ щиIэтащ абы щхьэкIэ. Абы къызэрилъытэмкIэ, Iуащхьэмахуэ хуэфащэ дыдэщ УФ-р зэрыгушхуэ хъугъуэфIыгъуи 10-м хагъэхьэну. Болгар тэрмэшым Iуащхьэмахуэ и сурэтыр Интернетым езым щиIэ напэкIуэцIым ирилъхьащ икIи и ныбжьэгъухэр, и хэкуэгъухэр къыхуриджащ абы щхьэкIэ Iэ яIэтыну. ТАМБИЙ Линэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29492.txt" }
Зи бзэр IэфIырщ насып зиIэр ТхакIуэ Гъубж Мухьэдин къызэралъхурэ илъэси 100 ирокъу «Лъэпкъым и къулеигъэр и цIыхухэрщ» Апхуэдэу жеIэ лъэпкъ Iущыгъэхэм ящыщ зым. Мис а лъапIэныгъэр, цIыху гуащIафIэхэм, зэчиифIэхэм, ди хэкуэгъу цIэрыIуэхэм я фэеплъыр щIэблэм хуэхъумэныр архивистым и къалэн нэхъыщхьэщ. Гъубж Мухьэдин. 1995 гъэ ЦIыхухэм я фонд къызэгъэпэщыныр ди IуэхущIапIэр зи ужь ихьа лэжьыгъэщIэщ, ар зэрызэтраублэри куэд щIакъым. КъБР-м и Архив IуэхущIапIэм иджырей тхыдэмкIэ и центрым и управленэм япэ фондхэр къыщызэIуихар 1993 гъэрщ, Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым и парт архивыр КъБР-м и Къэрал архив IуэхущIапIэ щащIым щыгъуэ. ИкIи 2013 гъэм щIышылэм и 1-м ирихьэлIэу, иджырей партхэмрэ зэщIэхъееныгъэхэмрэ хэтауэ, партымрэ комсомолымрэ я ветерану, щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ, щIэныгъэмрэ егъэджэныгъэмрэ, спортымрэ узыншагъэр хъумэнымрэ, нэгъуэщI IэнатIэхэми зи IэужьыфI къыхэзына цIыху 63-м я фонд диIэщ. ЩIэблэр абыхэм щыдгъэгъуэзэныр жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъ Iуэху дахэу къызолъытэ. Ди гъэтIылъыгъэхэм ящыщщ тхакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Хэку зауэшхуэм хэта Гъубж Мухьэдин и фондыр. Ар къызэралъхурэ мазитI и пэ илъэси 100 ирикъуащ. Адыгэ усакIуэ, тхакIуэ Гъубж Мухьэдин МэчрэIил и къуэр 1913 гъэм накъыгъэм и 5-м Прохладнэ районым хыхьэ Къэрэгъэш (Иналхьэблэ) къуажэм къыщалъхуащ. Курыт еджапIэ нэужьым Псыхуабэ дэт пединститутым щIэтIысхьэри, 1935 гъэм ар ехъулIэныгъэкIэ къиухащ. «Социалистическэ Къэбэрдей-Балъкъэр», «Ленин гъуэгу», «Советская молодежь» газетхэм я корреспонденту, литературэ лэжьакIуэу щытащ. 1941 гъэм, Хэку зауэшхуэм и етIуанэ махуэм, езыр щIэлъэIури, фронтым Iухьащ. Смоленск, Оршэ къалэхэм, Новополтавэ областхэм щызэуащ, уIэгъэ хъуащ. Госпиталь нэужьым, 1943 гъэм, дзэ къулыкъур и узыншагъэмкIэ иримыхьэкIыжыфыну къалъытэри, зэуапIэм Iуагъэхьэжакъым. Медаль зыбжанэкIэ и хахуагъэр къалъытащ. Къыщалъхуа и жылэжьым къызэригъэзэжу, зауэм Iисраф ищIа мэкъумэш IэнатIэр зэфIэгъэувэжыным иужь ихьащ. Чапаевым и цIэр зезыхьэ колхозым и унафэщIу илъэсищым щIигъукIэ щытащ. Абы къыдэкIуэуи набдзэгубдзаплъэу гъащIэм кIэлъыплъырт, гу зылъитэхэр и усэхэм лъабжьэ яхуищIу. ИужькIэ, «Ленин гъуэгу» газетым щыщылажьэм, куэдрэ зауэмрэ лэжьыгъэмрэ тетхыхьащ. Гъубж Мухьэдин и унагъуэр. 1959 гъэ Мухьэдин, ипхъу Тамарэрэ и пхъурылъхумрэ. 1970 гъэ Гъубж Мухьэдин и къуэрылъху-пхъурылъхухэм я гъусэу. 1985 гъэ Гъубжым и япэ усэ тхылъыр, «Акъужь гуакIуэ» зыфIищар, КIыщокъуэ Алим хэлIыфIыхьри, 1960 гъэм къыдэкIауэ щытащ. КъыкIэлъыкIуэ и IэдакъэщIэкIхэр Москваи Налшыки дунейм къыщытехьэнымкIэ Алим абы зэкъым къызэрыдэIэпыкъуар. И ныбжьыр илъэс 75-рэ щыхъум ирихьэлIэу, 1988 гъэм Мухьэдин къратащ и япэ дамыгъэр — КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и ЩIыхь тхылъыр, 1993 гъэм «КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр къыфIащащ. Гъубж Мухьэдин и тхыгъэхэм щыщ куэдыр сабийхэм яхуэгъэзащ: «Акъужь гуакIуэ» (1960), «Бжьахъуэм и пщыIэм» (1965), «Дыщэ бзу» (1967), «Лэгъупыкъу» (1973), «Кто сильнее?» (1973), «Цурка и ёжик» (1980) усэ тхылъхэр къыдэкIащ. Языныкъуэ усэхэм Гъубжыр щытопсэлъыхь лIыгъэ зыхэлъ, ерыщу зи мурадым хуэкIуэ, лэжьыгъэр фIыуэ зылъагъу сабийхэм, адрейхэмкIэ ар щIонакIэ зыри зыхуэмыщIэ щхьэхынэхэм. Гъубж Мухьэдин и гуащIэр зэпкърызыха, филологие щIэныгъэхэм я доктор Алъхъэс Светланэ зэритхымкIэ, «Гъубжыр акъужь гуакIуэм, е гъатхэм, псы ежэх цIыкIум, е щIымахуэ щIыIэм тетхыхьми, плъыфэхэр дахэу къыхех, щIэщыгъуэу дэтхэнэми тотхыхь». Адыгэ цIыхубэ усэ гъэпсыкIэр IэкIуэлъакIуэу къегъэсэбэп Мухьэдин. Зы сатырым и кIэухымрэ адрейм и пэщIэдзэмрэ рифмэ дахэкIэ зэпещIэ, усэм абыкIэ макъамэ щIигъэувэу. Абыхэм куэдрэ ущрохьэлIэ IуэрыIуатэм къыщежьэ афоризмхэм. Куэдрэ Гъубжым и творчествэм хэтащ зауэм и Iуэхур. Абы теухуащ и рассказхэр щызэхуэхьэса «Гулизар» (1975) тхылъыр, «Дыгъужь лъакъуитI» романыр, нэгъуэщIхэри. И ныбжьыр щыхэкIуэтами, дунейм ехыжыху тхэныр IэщIыб ищIакъым Мухьэдин. КъыдэмыкIауэ къэнащ абы и усэхэмрэ рассказхэмрэ щызэхуэхьэса «Пусть мир господствует», «Везде чудеса», «НэгъэцIу», «Гъуэгу махуэ» сборникхэр. Гъубж Мухьэдин и дэфтэрхэр 1999 гъэм архивым къритащ абы и щхьэгъусэм. Фондым хэлъщ: роман, повесть, пьесэ, усэ, поэмэ, рассказ Iэрытххэр; мэкъумэш IэнатIэм, ухуэныгъэм, медицинэм я лэжьакIуэ пашэхэм теухуа тхыгъэхэр; Хэку зауэшхуэм хэтахэм, усакIуэхэу ЩоджэнцIыкIу Iэдэм, Тхьэгъэзит Зубер, нэгъуэщIхэми ятриухуа очеркхэр; и тхылъхэм хуатха рецензэхэр; тхылъхэр; Цыбинэ Бэллэ, Мэлбахъуэ Тимборэ, Тхьэбысым Умар, КIуэкIуэ Валерэ сымэ упщIэ зэхуэмыдэхэм теухуауэ яхуитха письмохэр; цIыху щхьэхуэхэм псалъэ гуапэу хуатхауэ щытахэр; и гъащIэм, и лэжьыгъэм ехьэлIа дэфтэр зэмылIэужьыгъуэхэр; сурэтхэр. Си тхыгъэм и кIэухыу жысIэну сыхуейт республикэм и тхыдэр абы щыпсэу цIыхухэм я гъащIэм пэIэщIэу уи нэгу къызэрыпхущIэмыгъэхьэнур. Тхыдэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэмрэ заужьыным цIыху щхьэхуэхэм я фондыр зэрихэлъхьэныгъэфIырщ абыхэм я мыхьэнэр ин зыщIыр. Ди щIыналъэм и цIыхухэм дыволъэIу апхуэдэ дэфтэрхэм пщIэ хуэфщIыну, архивым щахъумэну ефтыну. КЪУМЫКЪУ Людмилэ, КъБР-м и Архив IуэхущIапIэм иджырей тхыдэмкIэ и центрым и управленэм дэфтэрхэр къэгъэсэбэпынымкIэ и къудамэм и унафэщI. Гъубж Мухьэдин Архъуанэ Рассказ Гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэм и зэмант. ЦIыкIухэр «Зэныбжьэгъугъэ» пионер лагерым дыщыIэт, — жеIэж Мухьэд, — кIуэр-къэкIуэжу мыхъуу, жэщхэсу. Арати, япэ жэщым нэху дыкъекIри, пионер отрядиплIми хадэ пщIэным щIэддзащ. ПщызэбийкIэ еджэу щIалэ цIыкIу гуэр къытхэтт. Пэжыр жысIэнщи, си звеном къызэрыхагъэхьар шэуэ къыстехуат: кIэпкъжьэпкъ бзаджэт щIалэ цIыкIур. Ауэ, сыт сщIэнт, унафэр — унафэт. Пщызэбий зыгуэрым емыщхьэфэуамэ е и лъакъуэр пэщIидзу ар пэкIэ щIримыгъасэмэ, ишхыр и дзажэ дыхьэртэкъым. Абы нэхъыжь, нэхъ жыIэмыдаIуэрэ IэубыдыпIэнши гупым къытхэттэкъым. ЗэIусэр пеупщI жыхуаIэм хуэдэт. Ар мащIэрэ щIэпхъуэжурэ къэтшэжа! И щхьэц фIыцIабзэр утIэрэзарэ кIэщIу щIэщэжауэ, и нэщхъыр, «сехьыр иджы» жыпIэу, зыхэкуауэ апхуэдэт. КъыщикIухькIи щылажьэкIи улIэрэ узэгъэжамэ и фииныр пхузэпигъэунутэкъым. Сыт хуэдизрэ иужьым дита, деныкъуэкъуа ар зыхедгъэнэну! АрщхьэкIэ, дэнэт! Сыти жеIэ, хыв хьэ ебэнауэ къыщыхъуркъым. Ар зэтэкъым, тIэутэкъым зэIущIэм «зэрыщыдгъэжьар», къызэрыщиткъухьар! Ауэ, слIожьт, зыри къикIыртэкъым, бгым джэдыкIэкIэ уеуа хуэдэт, дерс лъэпкъи къыхихыртэкъым. «Ерэхъурэ хъунрэ щыIэу, уи ней къысщыхуэ!» — жыхуаIэм ещхьт Iуэхур. Абы и мызакъуэу, «Къуийм и щIыIу гуэрэфщ», жыхуаIэм нэхъей-уэ, Пщызэбий дыгъэ илъагъункIэ Iэмал иIэтэкъым, тхьэрыкъуэфу хуалэрти. И нэкIущхьэ фIыцIитIым пщIэнтIэпсыр джэшу къытрикIутэрт, и щIыб хьэкхъуафэм псыхьэлыгъуэм ещхьу пщIэнтIэпсыр щежэхырт. И шылэ джанэ кусэ зэпрыдзым и IэщхьитIыр дэгъэджэрэзеяуэ и пщэр укъауэ хьэсэм хэтт, ищIэшхуи щымыIэу. Езыр и ныбжькIэ хуумыгъэфэщэну Iэчлъэч гуэрт, «еIэмэ, лIым я нэхъ дакъэр и къарум хигъэщIэнкъэ», — хужыпIэну. Мис а Пщызэбий зы махуэ гуэрым сэ пэщIэщIэгъу къысхуэхъуащ. Пхъэ закъуэ лъэмыжым дикI-дыкъикIыжурэ дылажьэрт. Псэлъэнымрэ зыплъыхьынымрэ къыдэхуэу, Пщызэбий и къарум пхухэIэбэнт, абы и Iэр лэжьыгъэм пхухигъэхьэнт, жи, щыгугъ уэ абы! ПщIэнтIэпсыр адэ-мыдэкIэ ескъуэкIыу езым и Iыхьэри сэ си Iыхьэри здэсхьырт. ЖысIэнуIауи сыхуиттэкъым. КъыптекIуэр гугъукъэ? Си нэщхъыр и гум иримыхьамэ, «слIожь иджы ущIызэIынауэ уи пэм кърихур?» — жиIэрти, зыкъысхуритIэрт, хьэбжьыдзэу сигъалъэу. Арати, а махуэ дыдэм шэджэгъуашхэ тщIыри, пщыIэм дыкъытекIыжауэ хьэсэм дыздэкIуэжым, Пщызэбий и лъакъуэр пэщIидзри, нэхъыфI дыдэу слъагъу си ныбжьэгъу щIалэ цIыкIур щIым пэкIэ щIригъэсащ, цы Iэрылъхьэу джэрэзрэ мывэ джейм натIэкIэ жьэхэхуэу. Къасболэт, арат зэреджэр си ныбжьэгъум, и пэм лъыр къыщиудауэ, къубгъан быдзым къижым ещхьу, кърекIыкI. Ауэ абы щхьэкIэ Пщызэбий и напIэр дэнэ щыхуэдэнт! И Iэ гъур кIыхьышхуитIыр зэм и щIыбагъымкIэ, зэм и гупэмкIэ щыщIиупскIэурэ зэтрегъауэ. Ар фIэауану, и макъым къызэрикIкIэ мэхыу мэдыхьэшхри щытщ и щхьэр адэ-мыдэкIэ игъэщэнауэу. НтIэ, арати, абдежым Къасболэт къыщылъэтыжри, гъуэгыу Пщызэбий зридзащ. АрщхьэкIэ, дэнэт! Адрейр къеIэдэкъауэри, си ныбжьэгъур аргуэру хьэфэ топу къыхыфIихуэжащ. ЕтIуанэу къыщылъэтыжу, адакъэм ещхьу мобы зыщридзыжым, сыкъэгумащIэри сэри мэлхьэпIатIэу Пщызэбий и щIыбым зыкIэрызукIауэ бжэныцрэ хьэцыпэу дызэрызохьэ. Зэм езы Пщызэбий, зэми дэ зэныбжьэгъуитIыр и щIыIу, и щIагъ дохъу. Дауэрэ тщIыми, абдежым Къасболэт сэрэ Пщызэбийуэ плъагъур пIыжьгъ итщIыхьащ! Тхьэмахуэ енкIэ хэгъуэщэжауэ щытакъым абы хущIэдуда и нэшкIулыр. Абы иужькIэ хьэмрэ джэдумрэ ещхьу дызэтеплъэ мыхъуу, дызэтеплъамэ — ди дзэр зэхуэтлъу, зэрыдгъэшхыу докIуэкI. Дэри зырызу зыпэщIэдгъахуэркъым. Дыщылажьэми дыщыджэгуми Къасболэт сэрэ дызэкIэрыкIыртэкъым. Езыри зэкъуэхуауэ дыкъызэригъуэтыным йощэ, джэдур дзыгъуэм зэрещэм ещхьу. Мис апхуэдэу екIуэкIыурэ, къуажэм дыкъыщыкIуэжыну махуэ дыдэм уафэ гъуагъуэ уэлбанэм зыкъызэкъуехри, губгъуэ нэщIым дриубыдауэ дыхекъухь мыхьыр дигъэхьрэ ди щыгъыным мыпсыфу зы Iуданэ хэмылъыжу. Уэшхыр теужын жытIэ щхьэкIэ, дэнэт! ЗикI игъэчэмыртэкъым, щIигъэхуабжьэу нэхъри кърикIутэх мыхъумэ. Щымыхъужыххэм, ди гъуэншэдж лъапэхэр дэдгъэджэрэзейри дыкъызэрехьэжьэжащ, пщыIэм дыкъэкIуэжыну. КIапсэлъэрышэу зэкIэлъхьэужьу пхъэ закъуэ лъэмыжым зэрихыжхэри, ди гъусэ цIыкIухэр пщыIэм зэрытехуэжащ, дэ щым фIэкIа къэмынэу. Дэри зыдмыгъэгувэу лъэмыжым дыкъытехьащ, Къасболэтрэ сэрэ ди япэм Пщызэбий иту. «Лъэмыжым ику дыдэм нэсакъэ» щыжытIэм, Пщызэбий ецIэнтхъуэхащ, псым хэхуэри — жьгъумпIэ, мо цIынэшхуэр щIигъэмбрыуащ. ТщIэнур дымыщIэу зы мащIэрэ дыщыта иужь, къыщIэужри бгыжь лъагэм ириундэкIыу щикIэрэхъухь архъуанэм кхъуафэжьейм хуэдэу хуихьу хуежьащ. ЕсыкIэ щумыщIэкIэ, къарукIэ псы къиуа абрагъуэм упэлъэщынт! Пщызэбий цIыхум илъэгъуатэкъым и лъэгуажьэм къыфIэкI псым хыхьауэ. Ауэ си ныбжьэгъур псыкIэ бабыщт, къазт. Къасболэт сыщIэмыхьэпэми, сэри зызгъэхуэмыхутэкъым. Дызэплъыжу дыщытыху, Пщызэбийуэ плъагъур архъуанэм ирихьэнтэкъэ! Ирихьащ. ИкIэрэхъухьщ-икIэрэхъухьри — «жьгъумпIэ», — Пщызэбийр щIигъэшкIумпIэжащ, «Сетхьэлэ, фыкъыздэIэпыкъу!» — щыжиIэм, псыр и жьэм жьэдэуащ. АдэкIэ учэнджащэ хъужынутэкъым. ЩIалэр псым игъэундэращхъуэри, щIилъэфэжат благъуэм зыжьэдилъэфам нэхъейуэ. Ар къызыIэщIэлъэгъуа гу щабэ Къасболэт, зэрыхуэпам хуэдэу, бгым щыхуа мывэу нэпкъым зредзыхри, псым хопкIэ. Сэри, щIым ныбэгукIэ сытелъу архъуанэм и Iуфэм сыIугъуэлъхьащи, сызэрыпхъуэнум зыхуэзгъэхьэзырауэ зезгъэлэлэхауэ сыIулъщ, си нэр теплъызэу псым сыхэплъэу. Абдежым Къасболэтрэ Пщызэбийрэ зэрыIыгъу къыщIоужри, псы IэубыдыпIэншэм я щхьэр къыхэпIиикIрэ иджэрэзыхьу къонэ. Сыпхъуэ щхьэкIэ — дэнэт, сынэмысурэ аргуэру игъэджэрэзри, «жьгъумпIэ», — щIигъэшкIумпIэжащ. Еуэ-еIэкIэ си бгырыпхыр гъуэншэджым къыщIэслъэфри, ар зэрахуэздзыным зыхуэзгъэпсащ, зэ къыдридзеижыххэу щытмэ, сымыщхьэрыуэн хуэдэу. Абы хэту зыгуэрым псым и Iэ лъэныкъуэр къыхегъэж. Iуэхур хъунумэ — бетэмалкъэ! НапIэзыпIэм бгырыпхыр содзри, а Iэм IэщIызолъхьэ. ИужькIэ сыкъоIэри къыдызолъэфеиж, сыкIэлъопхъуэри — къыхызолъэфыж тIури зэрызэшыхьэкIам хуэдэу. Пщызэбий джэд нэгэгъуу зэщIэущхъуэнтIат, Къасболэти фIыуэ ундэрэщхъуат. БауэкIэщIу, псалъэхэр ерагъыу къыдришейуэ си ныбжьэгъум къызжеIэ: — ПсынщIэу и ныбэр шытIэурэ псыр къыжьэдэгъэжыж, куэдыIуэ жьэдэуащ. Сэ ар а махуэм мащIэрэ сшытIа, сыдэIэпыкъуурэ згъэбэуа! Сытми, зыкъызогъэщIэж. ИкIэм-икIэжым, къызыфIыдогъэувэжри, и Iэблэ зырызыр тIыгъыу идошэжьэж. НтIэ, арати, мис а Пщызэбий етшэжьауэ здэтшэжым, зыкъытIэщIеудри Къасболэт зредз, аргуэру си дежкIэ зыкъегъэкIэрахъуэри и IэплIэм срекъузэ. IэплIэ къытхуещI, «тхьэр арэзы къыфхухъу» жиIэрэ бзэрабзэу. Мис абдежращ къыщежьари дэ щыр ныбжьэгъу зэрыщIэмыхыж дызэхуэхъуныр. Усэхэр Си къуажэгъухэр Тхьэм игъэпсэу Фэр мыхъуамэ, къаплъэнэфу Сэ си гъащIэр есхьэкIынут! ЩIым и пхъуантэм сыдэплъэфу, Сыпсэуну схулъэкIынут? Фэращ псэуэ, нэуэ сиIэр, А псом папщIэ сэ вжызоIэ, Си къуажэгъухэм — берычэт бесын! Си ныбжьэгъухэм — берычэт бесын! Сэ си нэхур фэ вгъэщауэ, Дунейр гъатхэу къысхуогъагъэ, Шыпсэм япэ сивгъэщауэ Мазэм, вагъуэм сахуоблагъэ! Фэращ псэуэ, нэуэ сиIэр, А псом папщIэ сэ вжызоIэ, Си къуажэгъухэм — берычэт бесын! Сядэ-сянэм — берычэт бесын! ХъугъуэфIыгъуэр сэ си натIэу, Уэгъуи жьыбгъи зыхэзмыщIэу, Гъатхэр, тхыдэр сэ си жьантIэу СокIуэ — къикIуэт сэ сымыщIэу! Фэращ псэуэ, нэуэ сиIэр, А псом папщIэ сэ вжызоIэ, Анэ-Хэкум: берычэт бесын! Си къуажэгъухэм — берычэт бесын! Си насыпыр псы къиуауэ ИзохьэкI си дуней Iыхьэр! Къуэшхэм, лъэпкъхэм лъэщ сащIауэ Хэку бэракъыр ядызохьыр! Фэращ псэуэ, нэуэ сиIэр, А псом папщIэ сэ вжызоIэ, Лъэпкъ зэкъуэшхэм: берычэт бесын! Си къуажэгъухэм — берычэт бесын! Сядэ-сянэм — берычэт бесын! ЦIыхуфI псоми — берычэт бесын! Жьыбгъэ Мылым щIопщ щегъаджэ, Джабэм къыщофий, Уафэм пшэр щыщIедзэ, Ныджэр егъэдий. Дамэншэу лъэтауэ, Утыкум щоджэгу, Хадэм ихутауэ, ДыщIегъэплъ и лъэгу. Гущэу зыщIиупскIэу, ПкIэунэм щогыз, Бгызэ жыгыр ещIри, Щофий къурш ауз. Зэзу зигъэдыджу Пыджэу къеущыхь, Удзхэр къегъэуджыр, Псыми ходжэгухь. КъыдищIэф щымыIэу, Жьыбгъэр пэмыIэж. АдкIэ «Iым» жимыIэу, Чыхум ар хохьэж. Зи бзэр IэфIым уещI Iущабэ Зи бзэр IэфIым уигу егъэфIыр, Гугъэр фIыгъуэм хуеунэтIыр. Зи бзэр IэфIым лъэр щIегъэкIыр, ПхуэмыщIэну куэд плъегъэкIыр. Зи бзэр IэфIым нэр егъаплъэ, Гъатхэу цIыхум уIуегъаплъэ. Зи бзэр IэфIым уещI Iущабэ, Гурылъ IэфIхэр докъэрабэ. Зи бзэр IэфIым щIыр добзыгъэ, ГъащIэр къыпщещIыф щIэщыгъуэ. Зи бзэр IэфIым фIыр добагъуэ, Щыхеш щIыгум и Шыхулъагъуэ. Зи бзэр IэфIым уегъэгушхуэ, Къуегъэгъажэ насып псышхуэ. Зи бзэр IэфIыр дыгъэ-мазэщ, Сытым дежи фIыгъуэ гъуазэщ. Зи бзэр IэфIым пхуимытI мащэ, ЕкIэ зэикI ар къомыщэ. Зи бзэр IэфIыр жыжьэ маплъэ, ЦIыхум дыгъэу ар яIуоплъэ. Зи бзэр IэфIырщ насып зиIэр Дэрэжэгъуэу ар дэ диIэщ. Аращ фIыщIэ, щытхъу щымыщIэр, Зыдэхуабэр бэм я гущIэр! Сытхъухэр зелъатэу къотIыс Къуршхэм я щхьэфэр тхъупауэ Нэху нышэдибэ къекIащ, ПфIигъэщIу жьы дыдэ хъупауэ ЩIылъэми и фэр пыкIащ. Зигъэшыбжийуэ акъужьыр Йодзакъэ нэкIуми, щымысхь, ТкIыбжьу къопсалъэ пщэдджыжьыр — Махуэр уейпсейкIэ епсыхь. Домбеякъ щIыкIэу къэпщIыпщIу, Сытхъухэр зелъатэу къотIыс, ХещIыхь и тхыпхъэр псым IупщIу — Уаер Iуэхуншэу щымыс… Сэри, гупсысэр Iэпэгъуу, Псыхъуэм сыдэтщи, дунейм Си ныбжь тридзэ нэхъей, ИхъуреягъкIэ хужьыгъэщ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29496.txt" }
Гулъытэ хэха ягъуэт Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъэсапIэхэм мы зэманым йокIуалIэ илъэси 3-7 зи ныбжьу ди щIыпIэм щыпсэу сабийхэм я процент 80-м щIигъу. НэгъуэщIу жыпIэмэ, республикэм и апхуэдэ IуэхущIапIэ 211-м егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэхэр щыдрагъэкIуэкI цIыкIу мин 38-м. Ауэ щыхъукIи, сабий садхэр зэрызэпэубыдам къыхэкIыу 2648-рэ апхуэдэ Iэмал щагъуэтыным поплъэ. «Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ IэнатIэм къэрал политикэр щегъэкIуэкIыным и IуэхукIэ» УФ-м и Президентым къыдигъэкIа Унафэм ипкъ иткIэ, КъБР-м и Правительствэм «гъуэгу картэ» хэха зэхилъхьащ. Абы къыщыгъэлъэгъуащ мыхьэнэшхуэ зиIэ а IэнатIэм нэхъри зэрызрагъэужьын Iэмалхэр. Псалъэм папщIэ, республикэм и куейхэмрэ къалэхэмрэ къызэрагъэпэщынущ унагъуэ садхэр, цIыкIухэм зэман пыухыкIакIэ щыкIэлъыплъыну IуэхущIапIэхэр. Апхуэдэу школ кIуэгъуэ ныбжьым нэса цIыкIухэр еджэным щыхуагъэхьэзырынущ курыт школхэм. Адэ-анэхэм чэнджэщ щхьэпэхэр щрат IуэхущIапIэхэри къызэрагъэпэщ. Яубзыхуа Iуэхугъуэхэр лъэпощхьэпоуншэу зэфIэха хъумэ, 2013 гъэм и фокIадэм ирихьэлIэу сабий садхэм щыкIуэнум пэплъэхэм я бжыгъэм миным щIигъу хэщIынущ. КЪЭРЭШЕЙ Элеонорэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29502.txt" }
ДяпэкIэ пенсэр къызэрабжыну IэмалыщIэ Урысей Федерацэм лэжьыгъэмрэ социальнэ къыщхьэщыжыныгъэмкIэ и министр Топилин Максим, лэжьыгъэмкIэ министрым и къуэдзэ Пудов Андрей, УФ-м и Пенсэ фондым и унафэщI Дроздов Антон сымэ зыхэта федеральнэ видео-конференц Налшык щекIуэкIащ. Абы кърихьэлIащ УФ-м и Пенсэ фондым и къудамэу КъБР-м щыIэмрэ КъБР-м и Жылагъуэ палатэмрэ. Министрым жиIащ «Пенсэ калькулятор» онлайн проектыщIэ зэраутIыпщыр. Ар хуэунэтIащ иджырей пенсэ хабзэм е, зэрыжаIэщи, формулэм тещIыхьауэ, 2013 гъэм екIуэкI уасэхэр къалъытэу, зи ныбжь нэсахэм я пенсэр къэбжыным, Урысей Федерацэм и Правительствэм иджыпстукIэ иубзыху IэмалыщIэм. Абы папщIэ пунктибгъу хъу анкетэ щхьэхуэр ягъэхьэзырри, я пенсэр зыхуэдизынум теухуа хъыбар секунд бжыгъэм программэм къаIэрегъэхьэ. АрщхьэкIэ, калькуляторыр хуэщIакъым иджырей пенсионерхэм, пенсэ кIуэгъуэм илъэсищ нэхъ мащIэ къызыхуэна цIыхухэм, ныкъуэдыкъуэхэм, мылэжьэфхэм, зыгъэпсэухэр зыфIэкIуэдахэм, дзэ къулыкъущIэхэм, къарузехьэ ведомствэхэм я лэжьакIуэхэм, щхьэзакъуэ хьэрычэтыщIэхэм, шынагъуэ зыпылъ IэнатIэхэм щылажьэхэу нэхъ пасэу пенсэм кIуэну хуитыныгъэ зиIэхэм. Зи гугъу тщIы формулэщIэмкIэ 2015 гъэм щIышылэм и 1-м щыщIэдзауэ хабзэщIэр Урысейм щагъэувыну я мурадщ. Дызэрыщыгъуазэщи, зи ныбжь нэсам хуагъэув пенсэр ди къэралым нэхъ зыщызыубгъуа лIэужьыгъуэщ, ар цIыху мелуан 33,5-м яIэрохьэ. Ар УФ-м и Пенсэ фондым яхуегъэув пенсэ ныбжьым нэсахэм: цIыхубзхэм — илъэс 55-м, цIыхухъухэм — илъэс 60-м. Иджыри къыздэсым лэжьыгъэ пенсэр цIыхухэр IэнатIэкIэ къызэзыгъэпэщым лэжьакIуэм щхьэщитыкI страховой взносым елъытауэ, ауэ щыхъукIи лэжьыгъэ стажыр зыхуэдизым зыкIи емыпхауэ щытащ. Ар къезэгъкъым экономикэ и лъэныкъуэкIэ жыджэр, лэжьыгъэкIэ гъэнщIа гъащIэ кIыхьым хуэхьэзырхэм я дежкIэ. Пенсионерхэм я гъащIэр ирагъэфIакIуэкIэрэ, пенсэ IэнатIэр зэтеухуэным хуэкIуэным, абы Iэмал имыIэу зегъэужьыным хуишащ. Абы и лъэныкъуэкIэ УФ-м и Правительствэм IэщIагъэлI, эксперт зэхуэмыдэхэр кърихьэлIэу зэIущIэ зыбжанэ щекIуэкIащ. Пенсэ убзыхукIэщIэм теухуа Iуэхугъуэхэм иджыри зэпкърыхауэ тепсэлъыхьынущ. А формулэщIэмрэ абы и мыхьэнэ нэхъыщхьэхэмрэ щаубзыхум къалъытащ Франджымрэ Германиемрэ я зэфIэкIыр. Пенсэ кIуэгъуэ ныбжьым хагъэхъуэнукъым, ят пенсэр псэун папщIэ нэхъ мащIэу зыхуеинум и кIэ хъунукъым, иджырей пенсионерхэм я хуитыныгъэхэмрэ пенсэмрэ къахуэнэжынущ. Ноби хуэдэу, ар IыхьитIу зэхэтынущ: страховойрэ накопительнэу. ЦIыхум и илъэс лэжьыгъэр къэзылъытэ «илъэс пенсэ коэффициент»-р щIэуэ хагъэхьэ. ХабзэщIэхэм къыщабжынущ улахуэр зыхуэдизри, и стажыр зэрыхъури. ЦIыхубзхэм я стажыр илъэс 30 е нэхъыбэ хъумэ, цIыхухъухэм ейр илъэс 35-рэ е абы щIигъумэ, саугъэт коэффициентхэр хуагъэувынущ. Апхуэдэуи езым и фIэфIыныгъэкIэ пенсэ кIуэгъуэр, и ныбжь нэсауэ и пенсэр хуагъэувыныр, игъэIэпхъуэмэ, абы и пенсэм хэхъуэнущ. ЩIэуэ къыхыхьэхэмкIэ дгъэзэжынщи, Топилин Максим къызэрыхигъэщамкIэ, пенсэ калькуляторыр цIыху щхьэхуэм и пенсэр нэщIысауэ къэзыбжкъым, атIэ илъэс бжыгъэкIэ узэрылэжьам пэкIуэну пенсэр зыхуэдизынур къэплъытэнымкIэ Iэмал къозытщ. Иджы цIыхухэм я лэжьыгъэр яубзыхуфынущ, стажым и кIыхьагъыр яунэтIыфынущ, армэм къулыкъу щыщIэныр, сабийм бгъэдэсын папщIэ отпуск къащтэныр и пенсэр зыхуэдизынум елъытауэ яубзыхуфынущ. Нэхъыщхьэращи, хабзэщIэмрэ иджыпстукIэ лажьэ пенсэ формулэмрэ тещIыхьауэ дяпэкIэ я пенсэр зыхуэдизынур зэрагъэпщэфынущ. — Хуэмурэ дэ дыхуокIуэ 2030 гъэм ику ит пенсэр цIыхур псэун папщIэ нэхъ мащIэу зыхуеинум хуэди 2,5-м зэрынэсыным. Курыт классым пенсэ тэмэм хуагъэувынымкIэ формулэщIэм Iэмал нэхъыбэ къитынущ. Абы 2015 гъэм щIышылэм и 1-м лэжьэн щIидзэн хуейщ, икIи адэкIэ лэжьыгъэшхуэ къытпэщылъщ, — жиIащ министрым. Пенсэ гъэувыкIэм, убзыхукIэм теухуа зэхъуэкIыныгъэхэм, ягъэув хабзэщIэм уи пенсэр зыхуэдэнум ехьэлIауэ узыхэплъэн, зэпэплъытын куэд хэлъщ. Иджырей формулэмкIэ пенсэ къабжын папщIэ илъэситху стаж къащтэмэ, дяпэкIэ ар илъэс 15-м нагъэсынущ. Аращи, уи улахуэр нэхъыбэху, уи стажыр нэхъ кIыхьыху, уи ныбжь нэсауэ ягъэувыну лэжьыгъэ пенсэри нэхъ лъагэнущ. Абы егупсысыпхъэр 1967 гъэм, абы и ужькIэ къалъхуахэрщ. Пенсэ калькуляторыр Урысей Федерацэм ЛэжьыгъэмкIэ и министерствэм и www.rosmintrud.ru УФ-м и Пенсэ фондым и www.pfrf. ru веб-сайтхэм къыщыгъэлъэгъуащ. УЭРДОКЪУЭ Женя.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29504.txt" }
ЛэжьапщIэм хохъуэ УФ-м и Президентым накъыгъэ мазэм къыдигъэкIа «Къэрал социальнэ политикэр гъэзэщIа хъуным хуэгъэпса Iуэхугъуэхэм теухуауэ» унафэм ипкъ иткIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и медицинэ лэжьакIуэхэм я улахуэм хагъахъуэ. Къару игъуэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2013 гъэм накъыгъэм и 31-м къищта «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и къэрал бюджет IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм я улахуэм теухуауэ» унафэм. Абы ипкъ иткIэ, медицинэ лэжьакIуэхэм я улахуэр я Iэзагъыр зыхуэдэм, IуэхущIапIэм мылъку и лъэныкъуэкIэ и зэфIэкIым елъытауэ проценти 10-30-кIэ хагъахъуэ. КъищынэмыщIауэ, я улахуэм процент 30 хущIагъунущ яхуримыкъу IэщIагъэм пэрыт дохутырхэм: фтизиатрхэм, психиатрхэм, наркологхэм, анестезиолог-реаниматологхэм, рентгенологхэм, лаборант-цитогенетикхэм, генетикхэм, сабий онкологхэм, гематологхэм, неонатологхэм, патологоанатомхэм, судмедэкспертхэм. Апхуэдэу, жьэн узыфэхэм щеIэзэ диспансерым щылажьэ фтизиатрым ику иту и мазэ улахуэр сом мин 30, абы щыIэ медсестрам ейр сом мин 15 хъунущ. Къыхэгъэщыпхъэщ, улахуэр зэрыхагъахъуэм къыхэкIыу, абы дыщIагъуу щыта зэрагъэпажэ Iыхьэр зэрыкIэрамычынур. И къалэныр нэсу зыгъэзащIэ лэжьакIуэм и мазэ лэжьапщIэр Урысей Федерацэм улахуэхэмкIэ къищта мардэм нэхърэ нэхъ мащIэу щыт хъунукъым. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм къищта «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и къэрал бюджет IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм я улахуэм теухуауэ» унафэм зыщыбгъэгъуэзэфынущ КъБР-м и Правительствэм и порталым (pravitelstvokbr. ru) Узыншагъэр хъумэнымрэ курортхэмкIэ и министерствэм хухэха Iыхьэм. Щомахуэ Лилие.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29507.txt" }
ЦIыхубэ артисткэ IэхъуэджакIуэ Лие РСФСР-м щIыхь зиIэ, УФ-м и цIыхубэ артисткэ, театрымрэ киномрэ я актрисэ, роль куэд урысей киноми театр зэхуэмыдэхэми щызыгъэзэщIа, цIыхубз роль мынэхъыщхьэу ищIахэм щыщу («Небеса обетованные», «Изображая жертву» лэжьыгъэхэм) нэхъыфIу къалъытахэм къыпэкIуэу «Ника» саугъэтыр тIэу къызрата бзылъхугъэ цIэрыIуэ IэхъуэджакIуэ Лие Мэжид и пхъур нобэ къыщалъ- хуа махуэщ, и ныбжьыр илъэс 75-рэ ирокъу. «IэхъуэджакIуэ» адыгэ лъэпкъым къыхэкIа хъыджэбз цIыкIур 1938 гъэм бадзэуэгъуэм и 9-м Украинэм хыхьэ Днепропетровск къалэм къыщалъхуащ. Ар къыщыхъуащ Адыгэ Республикэм и Мейкъуапэ къалэм. Абы и адэ-анэр гъуазджэм и лэжьакIуэт: и адэ Мэжид Сэлихь и къуэр Адыгэ драмэ театрым и къызэгъэпэщакIуэт икIи и режиссер нэхъыщхьэт, и анэ Юлие Александр и пхъур а IуэхущIапIэм и актрисэт. Фигу къэдгъэкIыжынщи, «Старые клячи» фильмым хэт зэадэзэпхъум я ролхэр зыгъэзэщIар Мэжидрэ Лиерэщ. Иужьрей илъэсхэм Лие и адэр нэф хъуауэ псэуащ. И анэ Юлие жьэн уз пкърытти, и адэри ицIэлат. Ахэр хьэлъэ щыхъум, Лие цIыкIу Сталиным письмо хуитхат къыдэIэпыкъуну щIэлъэIуу. Зыхуэгъэзам тхыгъэр Iэрыхьар фIэщщIыгъуейщ, ауэ хущхъуэ гъуэтыгъуейхэр къратащ. 1990 гъэм анэр лышх узыфэ шынагъуэм илIыкIащ. ГъущI цIугъэнэхэмрэ дыщэмрэ ехьэлIауэ Москва дэт институтым 1956 гъэм щIэтIысхьэри, зы илъэсрэ ныкъуэкIэ щеджащ. Луначарскэм и цIэр зезыхьэ ГИТИС-р къиухащ (1962 гъэм). 1961 гъэм щыщIэдзауэ Москва ТЮЗ-м щылэжьащ. «Современник» театрым 1977 гъэм щегъэжьауэ щыIащ. И япэ лэжьыгъэ нэхъ ин дыдэхэм ящыщщ Виктюк Роман игъэувауэ щыта «Квартира Коломбины» спектаклыр. Режиссерым Лие къритат зэуэ роль нэхъыщхьиплI. Сценэм IэхъуэджакIуэм щигъэзэщIащ роль зэхуэмыдэ Iэджэ. Нэхъ зыубгъуауэ зыкъигъэлъэгъуэн, и зэфIэкI псори утыку кърихьэн мурадкIэ, ар 1990 гъэхэм икухэм уней театр кIуащ. Колядэ Николай и пьесэм къытращIыкIа «Персидская сирень» спектаклым (режиссерыр Мильграм Борисщ) ехъулIэныгъэшхуэ щиIауэ щытащ. Театрым щылажьэ илъэсхэм абы сценэм «къыщипсэуащ» образ зэмылIэужьыгъуэ куэд. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, Драгунский Виктор и «Денисинские рассказы», Думбадзе Нодар и «Я, бабушка, Илико и Илларион», Михалков Сергей и «Дорогой мальчик», Рощин Михаил и «Эшелон», нэгъуэщIхэри. «Селестина» спектаклым 2012 гъэм щыджэгуу, Лие джалэри и Iэр икъутауэ, и дзажэри къэчауэ щытащ. Ар щIыжытIэр Лие нэгъуэщIкIэ зэрыпхузэмыхъуэкIырщ. Абы и щыхьэтщ «Современник» театрым ар зыхэт спектакль псори гъэлъэгъуэныр зэпигъэуауэ, гастролхэри къигъэувыIауэ зэрыщытар. 1973 гъэм щыщIэдзауэ кином хэтщ IэхъуэджакIуэ Лие. Ар япэ зыхэта «Ищу человека» фильмым Варнэ, Локарнэ къалэхэм щекIуэкIа дунейпсо кинофестивалхэм саугъэтхэр къыщыхуагъэфэщащ. Абы къыкIэлъыкIуащ «Ирония судьбы, или С лёгким паром!» (Таня и ролыр), «Москва слезам не верит» (Ольгэ Павловнэ), «Гараж» (Малаевэ), «Сукины дети» (Нанайцевэ), «Странное Рождество» (Люсэ), нэгъуэщIхэри. И роль нэхъыфIхэм ящыщщ «Двадцать дней без войны» фильмым щигъэзэщIа роль цIыкIур. ЦIыхубэм фIыуэ актрисэр щилъэгъуар, ар гукъинэж щыхъуар Рязанов Эльдар и фильмхэм щыджэгуа иужьщ. 1991 гъэм «Советский экран» журналым иригъэкIуэкIа IэIэтым ипкъ иткIэ, IэхъуэджакIуэр илъэсым и актрисэу къалъы- тат. Ар цIэрыIуэщ и жылагъуэ Iуэху еплъыкIэмкIэ. Абы мызэ-мытIэу жиIащ властым зэрыхуэмыарэзыр, Ходорковский Михаил и судым, «ЮКОС»-м ехьэлIа Iуэхум теухуауэ ткIийуэ къэпсэлъащ. Хэхыныгъэхэм деж Iэ зыхуиIэтыр «СПС» партырщ. Лие я щхьэгъусэу щытащ Театр ЦIыкIум и актер Носик Валерий, сурэтыщI Кочейшвили Борис, 2001 гъэм Москва щыпсэу сурэттех Персиянинов Владимир дэкIуащ. И илъэс 75-р, и щхьэгъусэм щIыгъуу (ди жагъуэ зэрыхъунщи, бын иIэкъым) дачэм щигъэлъэпIэну и мурадщ. ИСТЭПАН Залинэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29510.txt" }
Нобэ Аргентинэ Республикэм и лъэпкъ гуфIэгъуэщ – къэралыр щхьэхуэ щыхъуа махуэщ (1816). 1931 гъэм къалъхуащ АР-м и цIыхубэ усакIуэ, драматург Бэрэтэр Хьэмид. 1932 гъэм къалъхуащ сурэтыщI Хьэжу Руслан. 1941 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щIэныгъэхэм я кандидат, ботаник, жылагъуэ лэжьакIуэ Хьэкъун Барэсбий.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29513.txt" }
Лъэпкъыбэм я дэрэжэгъуэ Бадзэуэгъуэм и 6-17 махуэхэм Къэзан щекIуэкIыну ХХVII Дунейпсо гъэмахуэ Универсиадэр гуфIэгъуэ щытыкIэм иту къызэIуахащ. Абы кърихьэлIащ къэрали 170-м къикIа спортсмен мин 13,5-м щIигъу. Путин Владимир ди спортсменхэм яIуощIэ. Тэтэрстаным и къалащхьэм мы Iуэхугъуэм екIуу зыхуигъэхьэзыращ. Къыпщыхъунут дэтхэнэ зы спортсменри хэтыну зыщIэхъуэпс Олимп джэгухэр къызэIуахыу фIэкIа. Ар абы къызэрыкIэрыхущи щыIэкъым. ЖыпIэну урикъунщ Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам Олимп чемпиону 25-рэ, спортым щIыхь зиIэ и мастеру 105-рэ, дунейпсо класс зиIэ мастеру 313-рэ зэрыхэтыр. Къэзан щекIуэкI Универсиадэм журналист минхэр тотхыхь, абы къратыкI телерепортажхэр къэрали 105-м яIэрохьэ. ХХVII Дунейпсо гъэмахуэ Универсиадэр къыщызэIуахащ а Iуэхугъуэшхуэм папщIэ яухуа «Къэзан Арена» стадионым. Абы, дауи, IэпэдэупIэ имыIэу цIыхур изт. ГуфIэгъуэ зэIущIэр Урысей Федерацэм хыхьэ лъэпкъхэм я гъэлъэгъуэныгъэкIэ къыщIидзащ. Адыгэхэр, балъкъэрхэр, тэтэрхэр, башкирхэр, шэшэнхэр, мордвинхэр, осетинхэр, къумыкъухэр, даргинхэр, лезгинхэр… Я лъэпкъ фащэ екIухэр ящыгъыу ахэр уардэу кIуэцIрыкIырт, дуней псор къакIэлъыплърэ дэрэжэгъуэ къариту. Сыт нэхъыфI щыIэ ахэр зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу, зым Iэпыхур адрейм къищтэжу зэдэпсэумэ?! Абы нэхъ къару лъэщи хэт ирихьэлIа?! Галльен Клод-Луи Къэзан университет къалэу ижь-ижьыж лъандэрэ къалъытэ. Абы иджыпсту еджапIэ нэхъыщхьэу 82-рэ дэтщ. Дауи, абы хуэфащэт дунейпсо щIалэгъуалэм и зэхыхьэшхуэ къыщызэрагъэпэщыну. Тэтэрстаным и къалащхьэм а пщIэ лъагэр игъэпэжащ. Абы щыгъуэми зыщыгъэгъупщэн хуейкъым илъэситху дэкIмэ футболымкIэ дунейпсо чемпионатым хыхьэ зэIущIэхэр Къэзан зэрыщекIуэкIынури. Ноби ар а Iуэхугъуэшхуэм хуэхьэзырщ и стадионкIи, хьэщIэщхэмкIи, кхъухьлъатэ къэтIысыпIэкIи, гъуэгухэмкIи, адрей псомкIи. Урысей Федерацэм и адрей щIыналъэхэми щапхъэ зытрахын яIэщ. Къэрал унафэщIхэр, спортымрэ щэнхабзэмрэ я цIыху цIэрыIуэхэр зыр адрейм ефIэкIыжу утыкум къохьэ. Абыхэм яхэтщ Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир, Дунейпсо студент джэгухэм я федерацэм и Iэтащхьэ Галльен Клод-Луи, ЩIы хъурейм и дэнэ щIыпIи фIы дыдэу къыщацIыху хоккеистхэу Третьяк Владиславрэ Фетисов Вячеславрэ, гимнасткэхэу Кабаевэ Алинэрэ Канаевэ Евгениерэ, шахматист Карпов Анатолий, нэгъуэщI куэди. Утыкум къохьэ Урысей Федерацэм и спортсменхэр. Гимныр къеуа иужькIэ, зэхьэзэхуэр къызэIуахащ. Зэпеуэхэр пэжу икIи къикIуэт ямыIэу ирагъэкIуэкIыну Мустафинэ Алиярэ (спортсменхэм я цIэкIэ) Садовых Евгенийрэ (судьяхэм къабгъэдэкIыу) адэкIэ тхьэрыIуэ ящIащ. Къызэхуэсахэм псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ Урысей Федерацэм и Президентым. «Дэ тлъэкI къэдгъэнакъым Къэзан къэкIуахэр сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей хуэзэн, ехъулIэныгъэ яIэн папщIэ, — жиIащ абы. — Мы дакъикъэ лъапIэхэм фигу- хэр хуабжьу зэрыпIейтейр гурыIуэгъуэщ. Сынывохъуэхъу бэнэныгъэм къару лъэщ къыфхилъхьэу текIуэныгъэ инхэр мыбы щызыIэрывгъэхьэну». А псалъэхэм яужькIэ Универсиадэм и мафIэр пагъэнащ. Топхэм я уэ макъым дуней псом хъыбар ирагъэщIащ ХХVII Дунейпсо гъэмахуэ студент джэгухэм зэрыщIадзамкIэ. АдэкIэ чэзур къалъысащ спорт утыкухэм. Ахэращ щызэхэкIынур студент щIалэгъуалэм я зэфIэкIыр здынэсыр. Ди жагъуэ зэрыхъущи, дзюдоист Хьэбэчыр Мурат дигъэгуфIэфакъым. Ар къыхагъащIэри, пасэу зэпеуэм къыхагъэкIащ. Иджы Кучинэ Марие фIыкIэ дыщыгугъынщ. Жыласэ Заурбэч.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29515.txt" }
Пэнагуэм и дамыгъэр Илъэс куэд лъандэрэ дагъуэншэу зэрылажьэм папщIэ Тэрч муниципальнэ районым и Iэтащхьэ Пэнагуэ Максим Азэмэтджэрий и къуэм Урысей Федерацэм и Президентым 2013 гъэм мэкъуауэгъуэм и 29-м къыдигъэкIа Указ №595-мкIэ Зэныбжьэгъугъэ орденыр къратащ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29521.txt" }
НэщI мазэр къыщыунэхум ирихьэлIэу КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен цIыхухэм зэрызахуигъазэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхухэу пщIэ зыхуэсщIхэ! СигукIи си псэкIи сынывохъуэхъу муслъымэнхэм я дежкIэ лъапIэу щыт нэщI мазэр къызэрыунэхумкIэ. Муслъымэн диным ит цIыху псоми я дежкIэ ар мазэ нэхъ лъапIэ дыдэщ. НэщIымкIэ фарзыр игъэзащIэурэ, цIыхум и гуэныхьыр епшын, и фIэщхъуныгъэр егъэбыдэ, псапэмрэ пэжыгъэмрэ зи лъабжьэ цIыхугъэр зыхелъхьэ. Нобэ къэралри динри зыхуэщIэкъур зыщ — ди гъащIэр нэхъыфI, нэхъ къабзэ, нэхъ гуапэ щIынырщ. Шэч къытесхьэркъым властым и органхэмрэ республикэм и дин зэгухьэныгъэхэмрэ я зэдэлэжьэныгъэ тэмэмыр мыхьэнэшхуэ зиIэ мурадыр гъэзэщIэнымкIэ лъабжьэу зэрыувынум, зэщIыгъуу дэ зэфIэдгъэкIхэри дяпэкIэ мамырыгъэр, жылагъуэ зэгурыIуэныгъэр, цIыхубэ зэкъуэтыныгъэр гъэбыдэным хуэунэтIауэ зэрыщытынум. Узыншагъэ быдэ фиIэну, псапэмрэ гуапэмрэ яхуэунэтIа фи Iуэхухэр, мурад дахэхэр къывэхъулIэну сынывохъуэхъу!
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29523.txt" }
Къанокъуэ Арсен и саугъэтхэр Куэд щIауэ сабийхэри балигъхэри зыпэплъа Iуэхугъуэт бадзэуэгъуэм и 7-м Нарткъалэ щекIуэкIар. Картодромыр Къанокъуэ Арсенрэ министр Къаздэхъу Альбертрэ къызэIуах. А махуэм къалэм щекIуэкIащ картингымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм пашэныгъэ къыщыхьынымрэ абы и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен и саугъэтым щIэбэнынымкIэ зэхьэзэхуэхэр. Ар щекIуэкIар щIэрыщIэу зэрагъэпэщыжа «Эльбрус» картодромырщ. Зэпеуэм командэ 15 хэтащ, Сочэ, Дон Iус Ростов, Краснодар, Ставрополь крайм, Осетие Ищхъэрэ — Аланием, Тырныаузрэ Нарткъалэрэ къикIахэу. Зэхьэзэхуэхэр гуфIэгъуэ щIыкIэм иту къызэIуахащ. КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен нэмыщI, абы кърихьэлIащ республикэм и Правительствэм хэтхэр, Урысей Автомобиль федерацэм картингымкIэ и академием и тхьэмадэ Скрыль Василий, абы и къуэдзэ Белиновский Евгений сымэ, нэгъуэщIхэри. — Нобэрей Iуэхугъуэр къызэгъэпэщыным жыджэру хуэлэжьа псоми фIыщIэ яхуэфащэщ, — жиIащ Къанокъуэ Арсен. — Нэхъыщхьэращи, ди щIэблэм я щхьэр здахьын ямыщIэу дэткъым, спортым зыдрагъэхьэх, зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэхэм ехъулIэныгъэ къыщахь. Дэ къыдгуроIуэ абдежым дыкъыщыувыIэ зэрымыхъунур. Ди республикэм и жылагъуэ къэс спортым ехьэлIа ухуэныгъэхэр дэщIыхьауэ, ахэр иджы къежьа IэмэпсымэщIэхэмкIэ зэщIэузэдапхъэщ. Зэпеуэм хэтащ ныбжьыщIэ 61-рэ. Абыхэм ящыщу зыр хъыджэбз цIыкIущ. Зи ныбжь нэхъыщIэ дыдэхэмкIэ къыщIадзэри, зэхьэзэхуэхэр Iыхьэ зыбжанэу зэхэтащ. Япэ увыпIэр — Нарткъалэ и «Эльбрус» клубым, етIуанэр — Ростов, ещанэр Сочэ къикIа гупым къахьащ. Зэпеуэм щытекIуахэм щIыхь тхылъхэмрэ медалхэмрэ иратащ. КъищынэмыщIауэ, япэ увыпIищыр къэзыхьахэмрэ къыхэжаныкIахэмрэ республикэм и Iэтащхьэм къыбгъэдэкIыу электроннэ тхылъ, жып телефон, сурэттех, нэгъуэщI тыгъэ лъапIэхэр хуагуэшащ. Мыдрейуэ картодромыр къэзыгъэщIэрэщIэжа лэжьакIуэ пажэхэм Аруан щIыналъэ администрацэм къыбгъэдэкIыу щIыхь тхылъхэр иратащ. КЪУМАХУЭ Аслъэн. Сурэтыр КЪАРЕЙ Элинэ трихащ
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29524.txt" }
Сымаджэ куэд зыщыгуфIыкIа Щэбэт кIуам Нарткъалэ къыщызэIуахащ республикэм ис сымаджэ куэд зыщыгуфIыкIа Диализ центр. ГуфIэгъуэ зэIущIэм кърихьэлIащ КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен, Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Портэ Галинэ, КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ, ухуэныгъэмрэ архитектурэмкIэ министрхэу Шэт Ирмэ, Мамий Артур, Республикэ клиникэ сымаджэщым и дохутыр нэхъыщхьэ Къэжэр Хъусен, фIэкIыпIэншэ медицинэ страхованэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр фондым и унафэщI Къанокъуэ Аслъэнбэч, Аруан район администрацэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Антемыркъан, нэгъуэщIхэри. Нарткъалэ къыщызэIуаха Диализ унэр. Зи жьэжьейр тэмэму мылажьэхэр зыхуэныкъуа центрыр къыщызэIуахым иращIэкIа гуфIэгъуэ зэIущIэм кърихьэлIахэм фIэхъус псалъэкIэ захуигъэзащ Къанокъуэ Антемыркъан, икIи къыхигъэщащ а Iуэхугъуэм цIыху куэд зэрыщыгуфIыкIар, сымаджэ куэд зэригъэтыншынур. КъБР-м и Iэтащхьэм псалъэ щратым, жиIащ Урысей Федерацэм иригъэкIуэкI политикэм ипкъ иткIэ, узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэр зэрырагъэфIакIуэм фIы куэд къызэрыпэкIуэр, зыхэт Iуэхум и проектри абыхэм зэращыщыр. — Иджырей мардэхэм тету ящIа Диализ центрым зи жьэжьейр тэмэму мылажьэ сымаджэ псоми Iуэхутхьэбзэ щыхуащIэфынущ. КъБР-м и Правительствэмрэ «Кавказ Ищхъэрэ нефрологие центрымрэ» зэращIылIа зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ, дэ ди мурадщ мыпхуэдэ центру иджыри тIу республикэм (Бахъсэн, Налшык къалэхэм) щыдухуэну, — жиIащ Къанокъуэм. КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Шэт Ирмэ къытеувыIащ центрым щIэт Iэмэпсымэхэри, цIыхухэм щыхуащIэ Iуэхутхьэбзэхэри, сымаджэхэм я тыншыгъуэхэри, ахэр къызэрырашэлIэнури дунейпсо мардэхэм иту къызэрызэрагъэпэщар. Къэжэр Хъусен жиIащ Диализ центрхэм мыхьэнэшхуэ зэраIэр, абыхэм зи жьэжьейр тэмэму мылажьэхэм я гъащIэм къызэрыпащэр. Дохутыр нэхъыщхьэм КъБР-м и Iэтащхьэм фIыщIэ хуищIащ, апхуэдэуи центрыр ухуэным зи гуащIэ хэзылъхьа псоми зэрыхуэарэзыр къыхигъэщащ. «Иджырей медицинэ технологиехэр» ООО-м и унафэщI Балутэ Игорь къыхигъэбелджылыкIащ зыхуей хуэзэу ящIа центрыр Iэмэпсымэ нэхъыфIхэмкIэ къызэгъэпэщыным арэзы техъуа унафэщIхэр зэрыщымыуар икIи жиIащ Кавказ Ищхъэрэм хыхьэ республикэхэм нэгъуэщI мыпхуэдэ центр екIу зэрыщымыIэр. Къанокъуэ Антемыркъан район администрацэм къыбгъэдэкI щIыхь тхылъхэр яритащ ухуэныгъэр зи нэIэ щIэтахэмрэ ухуакIуэхэмрэ. Къанокъуэ Арсен лентI плъыжьыр зэпиупщIа нэужь, хьэщIэхэм пэшхэр къаплъыхьащ, сымаджэхэм епсэлъащ. Прохладнэ къалэм щыщ бзылъхугъэм КъБР-м и Iэтащхьэм фIыщIэ хуищIащ центрыр зэраухуам папщIэ. Ар нэхъапэм Налшык кIуэуэ зэрыщытар, иджы и Iуэхур нэхъ тынш зэрыхъуар, лъыр зэрагъэкъабзэ Iэмэпсымэхэри зэрыфIыр къыхигъэщащ. Пэшхэр нэхущ, хуитщ, къабзэщ, телевизорхэр щIэтщ. Зи лъыр ягъэкъабзэ цIыхухъум, Iэтащхьэр зыбгъэдишэри, зыхуей зэрыхуэзэр, я узыр щызыгъэпсынщIэ дохутырхэри зэрыгуапэр, сымаджэр зыхуеину псомкIи къызэрызэгъэпэщар жиIащ. Центрым и дохутыр нэхъыщхьэ Чыгъэду Арсен къыхигъэщащ диализ пэшитхум иджыпстукIэ цIыху 29-м зэрытегъэпсыхьар, абыхэм иджыри къыхагъахъуэу, цIыху 35-м зэуэ еIэзэу ящIыну зэрамурадыр. Зы цIыхум и лъыр сыхьэти 4-4,5-кIэ ягъэкъабзэ, иджыпсту центрыр сменищу мэлажьэ, микроавтобуситху къащэхуащи, дяпэкIэ сымаджэхэр езыхэм кърашэлIэнущ. НэщIэпыджэ Замирэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29527.txt" }
КъафэкIэ дунейр къэзыхьэхуахэр 1952 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэт. Илъэс 12 фIэкIа мыхъуами, Алэкъей Мухьэмэд тегушхуэри уэрэдымрэ къафэмкIэ ансамблым кIуат, яхыхьэну хуейуэ. А зэманым гупым хэтхэр балигъ защIэт, я ныбжьыр илъэс 25-м къыщыщIидзэу. Дауи къащтат щIалэ цIыкIур ансамблым?! «Нобэми ар сэ езым къызгурыIуэжыркъым. Си насып кърихьэкIауэ къызолъытэ. ЗэрыжаIэщи, и зэманым, и чэзум срихьэлIащ. Гупым и балетмейстер Смелянский Леонид си къэфэкIэм еплъати, игу ирихьагъэнт, сыкъигъэнауэ щытащ», — къыддогуашэ Алэкъейр. Дыщэ медалыр къахьауэ «Кабардинка»-р къокIыж Москва щекIуэкIа ЩIалэгъуалэмрэ студентхэмрэ я дунейпсо фестивалым. 1957 гъэ НыбжьыщIэм къафэ щхьэхуэхэр зэкIэ имыгъэзащIэми, гупым и гъусэу Кисловодск, Псыхуабэ, Армавир, Ростов, Харьков, Киев, Львов къызэхикIухьырт. Ауэ псом хуэмыдэу а лъэхъэнэхэм фIэгъэщIэгъуэну абы игу къинар Калининградщ. «Зауэм и ужь илъэсхэрати, а къалэм и теплъэм сыкъигъэуIэбжьат. ЦIыхур дэзу дэтт, арщхьэкIэ уни псэуалъэ гуэри къыщыпIэщIэлъагъуэртэкъым. КъызэрыщIэкIамкIэ, цIыхухэр щIыунэхэм щыпсэууэ арат. Зы унэ закъуэ — Офицерхэм я унэр — щыIэти, абы зыкъыщыдгъэлъэгъуауэ щытащ, — игу къегъэкIыж Мухьэмэд. — Гуапэу си нэгу къыщIохьэж 1952 гъэр, Къашыргъэ КIурацэрэ Балъкъэр Зэбитрэ утыку япэ дыдэу къызэрихьауэ щытар. ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ адыгэ драмэ театрым а тIум щызэдагъэзэщIа «Къафэр» егъэлеяуэ лъэщ хъуат». Хуэмурэ къэблэгъащ 1956, 1957 гъэхэр. Сыбыр, Урал, Поволжье, Прибалтикэ, Украинэ, Белоруссие — ансамблым щIэх-щIэхыурэ концертхэр ет. Къэбэрдейр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 400 щрикъу илъэсым Мухьэмэд и ныбжьыр 17-м нэблэгъат. Махуэшхуэр зэрагъэлъэпIэнум илъэситIкIэ зыхуагъэхьэзыращ. Ансамблым къищынэмыщIауэ, а Iуэхум къыхашауэ щытащ республикэм щылажьэ гуп зэмылIэужьыгъуэхэр. ЦIыху 350-рэ Москва ягъэкIуат. Алэкъейм зэрыжиIэжымкIэ, абы щыгъуэ ягъэлъэгъуауэ щытащ Шейблер Трувор и «Нартхэр» оперэ-балетыр. Ар ягъэуват Театр Иным и солист Корин Сергей, Дэшу Хьэшыр, Ленинград щыщ балетмейстер Гальперин Григорий сымэ. Бэтрэзу джэгуар Чехра-дзе Дадикот, Сэтэнейр Сосмакъ Валентинэт, Алэкъейм къыхуагъэфэщат Сосрыкъуэ и ролыр. Нэхъ хьэлэмэтратэкъэ, Мухьэмэд къафэу, Сосрыкъуэ и партиер Къашыргъэ Билал игъэзащIэу къызэрагъэпэщат. «Уэрэдыр зэрызгъэзэщIэн макълъэщ сиIэтэкъыми, апхуэдэ Iэмалым дыхуекIуат», — жеIэ Мухьэмэд. КъэфакIуэ гупым Шэрэджыщхьэ зыщагъэпсэху. 1956 гъэ Совет Армэм и театр (Москва) цIэрыIуэм къыщагъэлъэгъуа а теплъэгъуэхэр куэдым ягу къинащ. А лъэхъэнэм ансамблыр зыхэта Iуэху дахэхэр къызэрыщ сурэтитIрэ видеопленкэ дакъикъитI хуэдэ хъурэ фIэкIа хъума хъуакъым — ар Алэкъейм игу зыгъэныкъуэ Iуэху нэхъ ин дыдэщ. «Япэ сурэтым къыщыгъэлъэгъуар Къашыргъэ КIурацэрэ Ашуров Тэнэхъумрэщ, оркестрым дэщIыгъухэу. Адрейм Къашыргъэ Билалрэ Лапченкэ Зоерэ «Зэныб-жьэгъугъэ» къафэр ягъэзащIэу итщ. Сурэтхэр КъБР-м и архив IуэхущIапIэм щIэлъщ». Алэкъейр илъэс 20-м иту арат «КъБР-м щIыхь зиIэ и артист» цIэ лъапIэр къыщыфIащам. И ныбжьыр илъэс 24-рэ щыхъуам, абы иIэт «Республикэм и цIыхубэ артист» цIэри. Илъэсих дэкIри, а ехъулIэныгъэхэм къакIэлъыкIуащ «УФ-м щIыхь зиIэ и артист» фIэщыгъэри. Мухьэмэд хэтащ 1957 гъэм ЩIалэгъуалэмрэ студентхэмрэ я дунейпсо фестивалу Москва щекIуэкIам. «Драгъэблэгъами, ипэхэм зыми гулъытэ къытхуищIатэкъым, уеблэмэ Молотовым и цIэр зезыхьэ Москва энергетикэ институтым спортымкIэ и пэшырт хэщIапIэ тхуащIар. МахуищкIэ абы дыщIэсауэ, союзпсо зэпеуэм и программэм дыхагъэхьащ. Абы къыщыхахынут фестивалышхуэм хэтынухэр. Зэхьэзэхуэр екIуэкIри, куржыхэмрэ ермэлыхэмрэ дыщэ медалыр иратащ, къэфэкIэ зэмылIэужьыгъуищ зыгъэлъэгъуа дэ — дыжьыныр къытхуагъэфэщащ. щыIэ хабзэхэмкIэ, дыжьын къэпхьауэ фестивалым ухагъэхьэнутэкъым, — игу къегъэкIыж Алэкъейм. — Дыгъэм зедгъэууэ, тIэкIуи дыкъепэзэзэхыу дыздэщысым, КъБАССР-м щэнхабзэмкIэ и министру щыта Къардэн Башир къыдбгъэдохьэри, «Сыт, фыкъыпиха?», — жеIэри зыкъытхуегъазэ. Абдеж зыкъыдощIэжри, Корин Сергей къыдогъуэт, «Налшык ущыпсэуакъэ, ди деж ущылэжьакъэ, улахуэ къыщыпхьакъэ, зыгуэр тхуэщIэ», — жыдоIэри и пщэпкъыр доубыд. Дунейпсо фестивалым и къэпщытакIуэ гупым балеринэ цIэрыIуэ Улановэ Галинэ хэтти, Кориныр холIыфIыхьри, Совет Союзым къыбгъэдэкIыу фестивалым хэтыну лIыкIуэхэм дыхагъэхьэ. къызэрытхущытми занщIэу зехъуэж: хьэщIэщым дыщIагъэтIысхьэ, махуэм щэ дагъашхэ, «Совет Союзым и лIыкIуэхэр» зытет тхылъымпIэри къыдатащи, трамвайри, метрори, троллейбусри — псори пщIэншэщ. Апхуэдэу а зэхыхьэшхуэм дыхыхьа хъуами, иужькIэ ди зэфIэкIыр къалъытащ, лъэпкъыр къызэрытщыгугъ щIыхьри къытхуащIащ. Ди «Къафэм» ЩIалэгъуалэмрэ студентхэмрэ я дунейпсо фестивалым и дыщэ медалыр къыхуагъэфэщащ. «Сэ куэд си нэгу щIэкIащ, ауэ мыбы хуэдэ къэфэкIэ екIу слъэгъуакъым. Къыу дахэхэр Москва къесылIа фIэкIа къысщыхъуакъым», — жиIат Улановэ Галинэ». Алэкъей Мухьэмэд и творческэ гъуэгуанэм япэ лъэбакъуэхэр хечэ. 1954 гъэ Мухьэмэд топсэлъыхьыж фестиваль нэужьым ансамблыр гуапэу Налшык къызэрыщрагъэблэгъэжауэ щытами зыгъэпсэхуакIуэ тенджыз Iуфэм мазэ псокIэ зэрагъэкIуами. ЦIыху гуащIафIэм и гукъэкIыжхэри купщIафIэщ. Псом хуэмыдэу Мухьэмэд дежкIэ лъапIэщ 1958 гъэм ансамблыр Монголием зэрыщыIар. «Хъыбар къыдагъэщIащ ЩIалэгъуалэмрэ студентхэмрэ я дунейпсо фестиваль Москва щекIуэкIам Монголием и лIыкIуэу щыIам ди къэфэкIэр игу зэрырихьар, и къэралми дызэрыригъэблагъэр. ИкъукIэ пщIэшхуэ къыщытхуащIауэ щытащ абы. Мазэ псокIэ дыщыIат Улан-Батор къалэм, Оперэмрэ балетымкIэ Монголие театрым концерт 33-рэ щыттат, — жеIэ артистым. — А зэманым СССР-м и лIыкIуэу Монголием щыIэр Молотов Вячеславт. Абы и щхьэгъусэ Жемчужинэ Полинэ и жэрдэмкIэ, иужьрей пшыхьым Монголие театрым и зы артисткэмрэ сэрэ ислъэмей дыкъыщызэдагъэфауэ щытащ. Нартокъуэ Мыхьэмэтджэрий, Дыкъуэ Заудин, Ульбашев Мутай, Соттаев Къанщауэ, Дэшу Хьэшыр, Къэнэмэт Марие, Лапченкэ Зое, Борий Иринэ сымэ Гоби концертхэр щагъэлъэгъуэхукIэ, дэ а къафэм зыхудагъэгъэхьэзырат… Монголием и Iэтащхьэ Цеденбал Юмжагийни, къэрал къулыкъущIэхэри зыхэта пшыхь екIу, куэдым я гуи къинауэ, зэхэтшауэ щытащ…». 1962 гъэм Алэкъейр армэм дашащ. Совет Союзым и гъэунэхупIэ полигон нэхъыщхьэ Капустин Ярт и къулыкъур щрихьэкIын хуейр, спутникхэр щагъэлъатэ щIыпIэрат ар. — ТкIийуэ, сакъыу къыщызэгъэпэщат абы лэжьыгъэр, уеблэмэ къулыкъу щытщIэ щIыпIэр ди Iыхьлыхэм яжетIэну дыхуиттэкъым, къахуэтххэм еджэхэрт, — жеIэ Мухьэмэд. — Нэхъ хьэлэмэтыжратэкъэ, илъэсищкIэ армэм сыщыIауэ сыкъыщыкIуэжам, военкоматым повесткэ къысхуигъэхьат… апхуэдизкIэ щэхуу Кап-Ярым дыщаIыгъа- ти, ящIатэкъым дзэм къулыкъу зэрыщысщIар. Кап-Ярым офицер хьэщIэщ дэтт. Зэгуэрым зэхэсхащ абы зы полковник гуэр къызэрыщыувыIар, щэнхабзэ IуэхукIэ зэфIэкI зиIэхэр къыхишын мурадкIэ. СыкIуащ абы деж, сыкъызэригъуэтыну адресыр итхри, ежьэжащ. Мазищ дэкIауэ, телеграммэ къысIэрохьэ «ИкIэщIыпIэкIэ Москва укъызэрысын» псалъэхэр иту. Накъыгъэм и 9-м илъэс 20 ирикъурт Хэку зауэшхуэм текIуэныгъэр къызэрыщытхьри, абы иращIэкIыну Iуэхугъуэхэм сыхагъэтыну арат. Программэр Iыхьэ зыбжанэу зэхагъэувати, си пщэ къралъхьар Кавказ дзэ округым хиубыдэхэм зегъэгъэхьэзырынырт. Абы хэту къыщIэкIащ артист нэхъыфI дыдэхэр. Мазэ псокIэ зызыхуэдгъэхьэзыра махуэшхуэм кIэлъыплъат Брежневри политбюром хэтхэри. Ди къалэныр къызэры- дэхъулIам и щыхьэту СССР-м зыхъумэжыныгъэмкIэ и министрым Iэпщэ сыхьэт къызитауэ щытащ. «Нартхэр» оперэ-балетым Мухьэмэд щигъэзэщIащ Сосрыкъуэ и ролыр. (Москва, 1957 гъэ) 1965 гъэм КъБАССР-м Уэрэдымрэ къафэмкIэ и ансамблым «Кабардинка» фIащащ. А зэманым абы и художественнэ унафэщIу Гальперин Григорий хахат, балетмейстерыр Ульбашев Мутайт. Алэкъейр армэм къыщикIыжар а илъэсым и кIэхэрт. «Къашыргъэ КIурацэ, Атэлыкъ Аслъэнджэрий, Ашуров Тэнэхьум, Балъкъэр Зэбит, Нартокъуэ Мыхьэмэтджэрий, Дэшу Хьэшыр, Шырыт МуIэед, Мамыщ Къэралбий, Къашыргъэ Музэчыр, Соттаев Къанщауэ, Ульбашев Мутай, Шэру Соня, Къэнэмэт Марие, Лапченкэ Зое, Атэлыкъ Зое, Бэдракъ Лейлэ, нэгъуэщI цIыху гуапэ куэдми садэлэжьащ сэ. Армэ нэужьым сцIыхуу гупым хэтыжар мащIэт: Соттаев Къанщауэ, ДыщэкI ФатIимэ, Чафаров Мишэ сымэт ар, адрей цIыху 50-р щIэуэ къыхыхьа защIэт, — жеIэ Мухьэмэд. — 1960 — 1980 гъэхэм «Кабардинка»-м нэхъ и къару илъыгъуэу щытауэ жыпIэ хъунущ. Ар Совет Союзым и ансамбль нэхъыфI дыдэхэм хабжэрт. Зыкъыщыдгъэлъагъуэрт Москва СпортымкIэ и унэм и Калоннэ, Октябрьскэ пэшхэм… Къытхуихуэрт мазэ зыбжанэкIэ Латинэ Америкэм, Малайзием, Сингапурым, Австралием е нэгъуэщI щIыпIэхэм дыщыщыIэ. Дэнэ дымыкIуами, ди щэнхабзэр зэрытIэтын мурадщ диIар. КIуэкIуэ Валерэ зыгуэр еупщIат: «Сыт уи дежкIэ «Кабардинка»-р? — жиIэри. Жэуапыр кIэщIт, ауэ купщIафIэт: «Ар лъэпкъым и набдзэщ». Илъэс пщыкIутI фIэкIа сымыхъуауэ ансамблым сыкъызэращтам иджыри зы фIыгъуэшхуэ хэлъщ, сыщыгуфIыкIыу. Зэман зэхуэмыдэхэм гупым и балетмейстеру щыта цIыху цIэрыIуэ куэдым я деж зыщызгъэсэну Iэмал сиIащ. Апхуэдэхэт Смелянский Леонид, Мариинскэ театрым и къэфакIуэ пажэу щыта Гальперин Григорий, Дэшу Хьэшыр, Ульбашев Мутай, Багдасаров Михаил, Никаев Ахьмэд, нэгъуэщIхэри. Дэтхэнэри щапхъэфI схуэхъуащ, дэтхэнэм дежи къысщхьэпэн гуэр къыщысщIат… Си гугъэщ лъэпкъым и «вагъуэу» илъэс 80 лъандэрэ адыгэм къыдэгъуэгурыкIуэ «Кабардинка»-м фэеплъ хуэбгъэувыну къилэжьу. Осетиным и «Алан»-м, лъэпкъыр зэрыригушхуэр кърагъэлъагъуэу, щIалэрэ хъыджэбзрэ къызэдэфэу, пшынауэр лъэныкъуэкIэ къыщысу фэеплъ дахэ хуагъэуващ. «Кабардинка»-м хуэмыфащэу пIэрэ апхуэдэ?! Аргентинэм и къалащхьэ Буэнос-Айрес 1974 гъэм щыIащ «Кабардинка»-р. Сурэтыр щызытрагъэхар хуитыныгъэм и утырщ. Зытхыжар БАГЪЭТЫР Луизэщ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29532.txt" }
«Спартак-Налшыкым» иджыри зигъэпсэхурэ? «Мордовия» (Саранск) — «Спартак-Налшык» (Налшык) — 3:0 (2:0). Саранск. «Старт» стадион. Бадзэуэгъуэм и 7-м. ЦIыху 4000 еплъащ. «Спартак-Налшыкым» къобгъэрыкIуэ. Судьяхэр: Попов (Екатеринбург), Гурченков (Жуковский), Еремин (Мэзкуу). «Мордовия»: Коченков, Божович, Будников (Пономарев, 82), Перендие, Хубутие, Димидкэ, Пазин (Рогов, 67), Иванов (Мухаметшин Рустем, 68). Гаглоев, Луценкэ, Мухаметшин Руслан (Маркин, 75). «Спартак-Налшык»: Цыган, Засеев, Овсиенкэ, Тимошин, Гарбуз, Руа (Зинович, 90), Чеботару, Коронов, Аверьянов (Гуэщокъуэ, 61), Сирадзе, Медведев (Степанов, 45). Топхэр дагъэкIащ: Мухаметшин Руслан, 37 — пенальтикIэ (1:0). Луценкэ, 45+4 (2:0). Иванов, 50 (3:0). Дагъуэ хуащIащ Чеботарурэ Будниковымрэ. Джэгум къыхахуащ Цыган. ПэщIэдзэ зэIущIэр сыт щыгъуи хьэлъэщ икIи жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъщ. Ар тIуащIэ ещI гуп нэхъыщхьэр зрагъэбгынагъащIэм и стадионым ущыджэгуным. Апхуэдэ щытыкIэм ихуащ бадзэуэгъуэм и 7-м Саранск зэхьэзэхуэр щыщIэзыдза «Спартак-Налшыкыр». ЩIыпIэ «Мордовия»-р премьер-лигэм къызэрыхагъэкIыжар саранскдэсхэм я жагъуэ зэрыхъуам шэч хэлъкъым. Абы и щыхьэтщ пэщIэдзэ зэIущIэм цIыху миниплI фIэкIа къызэрымыкIуар. Ахэр къыдихьэхакъым япэ дивизионым мы гъэм щрагъэкIуэкIа иужьрей зэхьэзэхуэм ещанэ увыпIэр къыщызыхьа «Спартак-Налшыкыр» къазэрыхуеблэгъами. Мазэ зыбжанэ и пэкIэ къахуэкIуэу щыта ЦСКА-м, «Зенит»-м, «Анжи»-м, «Рубин»-м елъытауэ ар сыт ищIыс жаIагъэнщ. ИкIи щыуакъым — налшыкдэсхэр мыгъэрей зэхьэзэхуэм иджыри хуэмыхьэзыру къыщIэкIащ. Дауи, «Спартак-Налшыкым» зэпеуэр екIуу иригъэжьэну хуеящ. АрщхьэкIэ узыхуеймрэ пхузэфIэкIымрэ щызэтемыхуэ куэдрэ къохъу. ИджыпстукIэ апхуэдэ щытыкIэм итщ ди командэр. Абы хэту Саранск и «Старт» стадионым къихьахэр зылъэгъуахэм ар Къэбэрдей-Балъкъэрым ейуэ къызэращIэфын щыIэтэкъым — аргуэрыжьу, «Спартак-Налшыкым» зы цIыху закъуи хэттэкъым ди щIыпIэм щыщу. А Iуэхугъуэм, дауи, ди пщIэр иIэткъым икIи мызэ-мытIэу абы иужьрей илъэсхэм дытепсэлъыхьащи, къытедгъэзэжынкъым. И гугъу тщIынщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр къэралпсо утыкум щахъумэну щыгугъыу къызэхуашэсахэм къагъэлъэгъуа джэгукIэм. Ар, щабэу жытIэнщи, къемызэгъщ. КIэух бжыгъэм тепщIыхьмэ (зэIущIэр телевиденэм и зы каналкIи къагъэлъэгъуакъым), «Спартак-Налшыкым» иджыри Тыркум и тенджыз Iуфэм зыщигъэпсэхуу къыпщохъу, тхьэмахуэ и пэкIэ абы къикIыжа пэтми. Пэжщ, 0:3-уэ къызэрыхагъэщIам судьяхэми хэлъхьэныгъэфI хуащIащ. ПенальтитI зэкIэлъхьэужьу кърагъауэу уи гъуащхьэтетри джэгум къыхахуа иужькIэ, адэкIэ узыщыгугъыщэн щыIэжкъым. А псоми шэч хэлъкъым. Абы щыгъуэми хэт жызыIэфынур Iуэхур зэлъытар судьяхэм я закъуэу? А упщIэм жэуап тэмэм щигъуэтыфынур джэгугъуэ зыбжанэ дэкIа иужькIэщ. ИкIи деплъынщ, къыхуаутIыпщ мылъкур зэрагъэмэщIам къыхэкIыу гупыр игъэлъэщыну Iэмал щIагъуэ зрамыта, уеблэмэ зи футболист нэхъыфIхэр зыкIэщIаша Шыпш Тимур адэкIэ къигупсысыфынум, зэрыхуа щытыкIэ гугъум къызэрикIынум. Нэгъабэ хуэдэу, «Спартак-Налшыкым» япэ дивизионым увыпIэ лъагэ щиубыдыфынущ, ауэ иджыри къыздэсым зэрекIуэкIым хуэдэу хамэ защIэкIэ ар зэхагъэувэнумэ, стадионым къыдэщIыну къакIуэ мин зытIущри фIэкIуэдыжынкIэ шынагъуэ щыIэщ. Iуэхум псэщIэ хэлъхьэн хуейщ икIи ар зыхузэфIэкIынур зыщIрагъэх хъужыкъуэмэ пхуэгъэукIытэну, жэуапым пхуешэлIэну адыгэ, балъкъэр щIалэхэрщ, атIэ ахъшэ нэхъыбэ къыщезытым къыщыщIидз хамэхэракъым. Псалъэм къыдэкIуэу жытIэнщи, «Мордовия»-м и гъуэм дэтар мазэ и пэкIэ «Спартак-Налшыкым» и гъуащхьэтету щыта Коченковырщ. Адрейхэри нэхъ щIагъуэкъым — я Iуэху къыщикIым къыщыщIидзынущ. ИкIи ахэр зыкIи пхуэгъэкъуэншэнукъым. — Судьяхэр хьэдэгъуэдахэу лэжьащ. Абыхэм даукIауэ аращ. Япэу ди гъуэм кърагъэуа пенальтимкIи етIуанэмкIи сыарэзыкъым. Ахэр щыIакъым. Ерыщагъ ин зыхэтлъхьэу адрей зэIущIэхэм Iэмал имыIэу дыщытекIуэну дыхущIэкъуну къытхуэнэжу аращ, — жиIащ зэIущIэ нэужьым Шыпш Тимур. Япэ дивизионым и нэхъ адыгэ командэ дыдэу джэгугъуэ кIуам щытащ Нэзрэн и «Ангушт»-р. Ингушхэм я щIыхьыр яхъумащ ди щIалэщIэхэу ДыщэкIымрэ КIыщымрэ. Иджы фыщыдгъэгъуэзэнщ япэ дивизионым хэт адрей командэхэм ирагъэкIуэкIа пэщIэдзэ зэIущIэхэм къарикIуа бжыгъэхэм. Мис ахэр: «Динамо» (Санкт-Петербург) — «Арсенал» (Тулэ) — 0:1, «Уфа» (Уфа) — «Алания» (Владикавказ) — 2:1, «Енисей» (Красноярск) — «Ротор» (Волгоград) — 1:4, «Шинник» (Ярославль) — «Балтика» (Калининград) — 1:1, «Газовик» (Тюмень) — «Луч-Энергия» (Владивосток) — 1:0, «Сибирь» (Новосибирск) — «Торпедо» (Мэзкуу) — 2:1, «СКА-Энергия» (Хабаровск) — «Салют» (Белгород) — 0:0, «Ангушт» (Нэзрэн) — «Нефтехимик» (Нижнекамск) — 1:1. КъыкIэлъыкIуэ джэгугъуэр ди щIалэхэм Налшык щрагъэ-кIуэкIынущ. Бадзэуэгъуэм и 13-м абыхэм кърагъэблэгъэнущ Нижнекамск и «Нефтехимик»-р. Жыласэ Заурбэч.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29541.txt" }
Кавказым ис бзылъхугъэхэр Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ «Кавказ: женское пространство» зыфIащар. Абы лъабжьэ хуэхъуащ урыс этнограф цIэрыIуэ Карпов Юрэ и «Женское пространство в культуре народов Кавказа» къэхутэныгъэ лэжьыгъэр. Къыхэгъэщыпхъэщ, бзылъхугъэхэм я дуней тетыкIэм теухуа мы тхылъыр Кавказым ис лъэпкъхэм я деж щыяпэ апхуэдэ къэхутэныгъэу зэрыщытыр. Мы къыдэкIыгъуэм куууэ щызэпкърыхащ цIыхубзхэм нэхъ ехьэлIауэ щIыналъэм щызекIуэ хабзэхэр. Кавказым исхэм я щэнхабзэм Iэмал къует цIыхухъумрэ цIыхубзымрэ я зэхущытыкIэм, псэукIэм, политикэм, диным, нэгъуэщIхэми епхауэ зэрызихъуэжым уриплъэну. Тхылъыр щхъуэкIэплъыкIэщ, Кавказым ис бзылъхугъэ зэхуэмыдэхэм я сурэтхэмкIэ гъэдэхащ. Зи тиражыр 500 хъууэ къыдэкIа мы лэжьыгъэм IэщIагъэлIхэми щIэджыкIакIуэхэми гулъытэ зэрыхуащIынум шэч хэлъкъым. ТЕКIУЖЬ Заретэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29546.txt" }
НэхъыфIымкIэ бгъэдыхьэ Сириемрэ Израилымрэ я гъунапкъэхэм деж щылъ адыгэ къуажэхэу Бир-Аджэмрэ Барекъэрэ СХЬР-м щызэныкъуэкъу лъэныкъуэхэм я къару зэхэгъэкIыпIэ хъуа нэужь, къуажэдэсхэр икIэщIыпIэкIэ Iэпхъуэн хуей хъуащ. А щытыкIэ гугъум я пIэ ирихуахэм ящыщщ дуней псом щыцIэрыIуэ дин щIэныгъэлI Цей Джэудэт Сэхьид. НобэкIэ нэхъыжь Iумахуэр Тыркум щыIэщ. Интернетым щызэIэпах ар зыхэт гупыр а щIыпIэм щынэсам щегъэжьауэ, хущIыхьэгъуэ игъуэтыху, иригъэкIуэкI и къыхуеджэныгъэ купщIафIэхэр. Сирием ис адыгэ псоми хуэдэу, Цей Джэудэти зэзауэ гупитIми языхэзым и лъэныкъуи къищтэркъым, зэпэщIэувахэм мамырыгъэмрэ зэгурыIуэмрэ тезыгъэкIуэфын акъыл къызыкъуахыпхъэу къелъытэ. Абы и Iуэху еплъыкIэр IупщIу къыхощ Бир-аджэм къыдэкIын и пэкIэ дунейм ехыжа и къуэш нэхъыщIэм папщIэ къыхуэгузэвахэм закъызэрыхуигъэза псалъэм. Джэудэт Сэхьид къыхуэгузэвахэм зэрызахуигъазэ псалъэ Бисмиллахьи рахьмани рахьим! Цей Джэудэт ФIыщIэрэ пщIэрэ яхузощI шэхьиду дунейм ехыжа си къуэш Мухьэмэд, мамырыгъэр акъылкIэ, Iэщэншэу ухуэн Iэмалым къызэрыхуезджэрэ си щIэгъэкъуэну щытам папщIэ къысхуэгузэвахэм. Тхыдэм и кIыхьагъым цIыху цIыкIур мамырыгъэмрэ абы ухуэзышэну Iэмалхэмрэ, нейтрон лагъымри хэту, мэлъыхъуэ. Абы теухуауэ жыIапхъэу къызолъытэ акъылри ткIиягъымрэ лъы гъэжэнымрэ щыгугъыу лIэщIыгъуэкIэрэ къызэрекIуэкIар. Ауэ Iэщэм и зыужьыныгъэр и кIэм нэсри, атом лагъым Японием хадзащ, ар ягъэIэсэн мурадкIэ. Нобэ доплъри, а къэралыр нэхъ зызыужьауэ дунейм тетхэм ящыщщ. НэгъуэщI лъэныкъуэкIэ дыбгъэдыхьэнщи, Совет Союз жыхуаIэу щытам лагъыму иIамкIэ, ЩIы Хъурейр тIощIрэ пщIэрэ къигъэуэфын хуэдэу лъэщ пэтрэ, езы къэралыр и кIуэцIкIэ къэтIасхъэри, зэпкърыхуащ. А щапхъэхэм къагъэлъагъуэ материальнэ лъабжьэ фIэкIа зимыIэ къарур сыт хуэдизу абрагъуэу щымытами, абы и къэгъэсэбэпыкIэм акъылыфIагъкIэ убгъэдэмыхьэмэ, ар жыжьэ зэрынэмысыр. Европэр зэхэлъэдэжри зэрыукIыжащ, я къалащхьэхэр зэтракъутащ, ауэ нобэ доплъри — зауэ хэмыту зы зэрыгъэхъужахэу зэдопсэу. Уеблэмэ, ар нобэ хущIокъу цIыху къуэншам укIкIэ тезыр телъхьэныр щамыгъэIэжыну. КъурIэн лъапIэр, гупсысэ зиIэ лъэпкъым къыхуригъэхащ. Къытхэту пIэрэ-тIэ дэ а нэщэнэхэмрэ къэ-хъукъащIэхэмрэ къызыгурыIуэ, абыхэм егупсыс? Къытхэту пIэрэ зэзыгъэзахуэ доллар мелардкIэ къэтщэху а Iэщэр мамырыгъэр къутэн Iуэхум фIэкIа зэрыхуэмылажьэр, ар зыщIхэмрэ зыщэхэмрэ цIыху икIэхэр щIэныгъэншэхэм тепщэ яхуэхъуным сэбэп зэрахуэхъур? Дэ, муслъымэнхэм, ди мэсхьэби, ди тафсири, ди фикъхьи тIэщIэлъу, Iуэху зэхэзэрыхьар Iэщэмрэ къарумрэ фIэкIа зэрызэхэпхыжын нэгъуэщI хэкIыпIэ щымыIэу къэтлъытэныр, ди диным икIам, махуищкIэ къимыгъэзэжмэ, ар щхьэпылъэ щIын хуейуэ дыбжыныр — адрей Iэмал псори зыгъэпуд Iиманыншагъэщ, цIыху акъылри, абы и фIэщ хъун-мыхъуным теухуауэ иIэ хуитыныгъэри къызэридмыдзэр къигъэлъагъуэу. Ди Iуэхур Iуэхушхуэщ, ауэ, дауэ мыхъуами, акъылкIэ убгъэдэмыхьэнкIэ Iэмал иIэкъым. Европэр акъылкIэ бгъэдыхьэри, хэхыныгъэмрэ демократие зэхэтыкIэмрэ хуэкIуащ. Уеблэмэ, нэгъуэщI щIыналъэ щихьэм и дежи, псори зэдэмыарэзыуэ Iэщэ къагъэсэбэпын щIадзэркъым. Шэхьидхэм я пашэр зауэзэрылIым хэтракъым, атIэ лей щызэрахьэм деж пэж жызыIэфращ. Алыхьым дунейр пэжым тещIыхьауэ, захуагъэр пщалъэу, абыкIэ Iуэхухэр зэхагъэкIыу къигъэщIащ. Ауэ псапэ щIэныр псом япэ иригъэщащ, уеблэмэ, ар бийр ныбжьэгъу зэрыпщIын Iэмалу къилъытащ. А псапэр пщIэну сыт хуэдизу мыгугъуми, абы къыпэкIуэнур ЩIым зэбииныгъэ къытемынэжынырщ. «НэхъыфIымкIэ бгъэдыхьэ, итIанэ узэбийр ныбжьэгъуфIым хуэдэу хъужынщ». ФIыщIэ фхузощI фыкъызэрысхуэгузэвам папщIэ, телефонкIи, ИнтернеткIи къыслъэIэсурэ гуауэр къыздэзыгъэпсынщIахэм — ар Тхьэр къызэрытхуэупса хьэлыфIхэм ящыщщ. Си нэщхъеягъуэр зыхэзыщIа дэтхэнэми фIыщIэ хузощI, игу сыкъызэрыкIа къудейм щхьэкIэ — Алыхьым и деж зыри щыкIуэдыркъым. Джэудэт Сэхьид.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29548.txt" }
Зи Iуэхум хуэIэижь Нэгумэ Мухьэмэд Къармэхьэблэ щыщ Нэгумэ Мухьэмэдрэ сэрэ илъэситхукIэ дыщызэдеджащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и ветеринарнэ къудамэм. «Курсым и псэ» — арат дызэреджэр и псалъэм тебгъуэтэж а щIалэ гуапэм. ФIыуэ зэреджэм къыдэкIуэу, Мухьэмэд жылагъуэ лэжьыгъэ зыбжани игъэзащIэрт. Ар студпрофкомым хэтт, комсомол «прожекторти», шхапIэхэм, тыкуэнхэм, автобусхэм я лэжьыгъэр къипщытэу куэдрэ урихьэлIэнут. Ар егъэджакIуэхэмрэ студентхэмрэ фIыуэ къалъагъурт. Ди ныбжьэгъур тлъагъун мурадкIэ, къыздеджа Кумыщ Сафудинрэ сэрэ Мухьэмэдхэ я къуажэм дыкIуащ иджыблагъэ. Илъэс 71-рэ зи ныбжь Мухьэмэд, зэры-Мухьэмэдт. Пэжу, тхъугъэ тIэкIу хидзащ и щхьэцхэм, ауэ и нэхэр иджыри гуапэщ, хуабэщ, узэIэпашэу «къопсалъэт». Мухьэмэд гуфIэу къытIущIэри дригъэблэгъащ. Хъыбархэр кIэщIу зэIэпытха нэужь, дэ щыгъуазэ зыхуэтщIащ еджапIэ нэхъыщхьэр къызэрыдухрэ дымылъэгъуа Нэгумэ Мухьэмэд и гъащIэм. Ар Iэщ дохутыру лэжьащ илъэс 40-м щIигъукIэ. Лэжьэн щыщIидза «Каменномост» мэл совхозым а зэманым мэлу мин 35-рэ, жэм къашу мин, IэщIэвыщIэу мини 7, шыуэ минрэ щитхурэ иIэт. Ахэр зыхуей хуэзэу зепхьэн папщIэ, щхьэкъэIэт уимыIэу, уи зэман уемыблэжу улэжьэн, пщIэнтIэпс куэд къокIуэн хуейт. Дауи, тынштэкъым дыгъуасэрей студентым и дежкIэ апхуэдиз къалэныр, арщхьэкIэ Мухьэмэд зэригъэгъуэта щIэныгъэфIыр абдеж сэбэп къыщыхуэхъужащ. Iэщхэм къеуз хабзэ узыфэхэр къэхутэныр гугъут, ауэ абы упэмылъэщмэ, ар зэуэлIар лIэнущ, адрейхэр ицIэлэнущ. Апхуэдэ щытыкIэ гугъухэм имыхуэн щхьэкIэ, Мухьэмэд хозяйствэм щигъэуващ ветеринар кIэлъыплъыныгъэм и хабзэхэм ткIийуэ тетыныр. Гъэунэхуныгъэ инт Мухьэмэд и дежкIэ япэ илъэсыр. НэгъуэщI лэжьыгъэ умыщIэу а Iэщ бжыгъэм уз зэрыцIалэхэм я вакцинэ мазих къэскIэ хэпIуныр, махуэ 15 къэс лъы къыхэпшыныр урикъунт. Совхоз Iэщхэр зэрызэбгрыдзам Мухьэмэд игъэгузэвакъым, фермэхэм кIэлъыплъыну и пщэ къыщыдалъхьам щыгъуи. Ахэр къызэхикIухьурэ тхьэмахуэкIэ шым уанэ щытримых къэхъурт. — Зэгуэрым мэл фермэхэм языхэзым щынэ куэд щылIэу щIидзащ. Узым псынщIэу зиубгъурти, ар зыхуэдэр икIэщIыпIэкIэ зэхэгъэкIауэ и хущхъуэгъуэри къэгъуэтын хуейт, — игу къегъэкIыж Мухьэмэд. — Налшык ветлабораторэм и IэщIагъэлIхэр къедджати, узыр къахутэн папщIэ, анализхэр къащтэри кIуэжат, арщхьэкIэ абыхэм къагъэлъэгъуэнум дежьэху, щынэр зэтелIэрт. АпщIондэху, щынэхэм къеуэлIауэ шэч зыхуэсщI узыфэм зэреIэзэн хущхъуэхэр есхьэлIащ, узыншэхэм вакцинэ хезгъэлъхьащ. Арати, щынэхэм лIэн щагъэтащ. Тхьэмахуэ дэкIа нэужь, Налшык къикIри хъыбар къытIэрыхьауэ щытащ жыхуэсIа узыфэм лабораторэр щыхьэт зэрытехъуар иту. Апхуэдэу дохутыр щIалэм а тхьэмахуэм узым къригъэлат щынэ мин зыхыбл. Ар ехъулIэныгъэшхуэт, узэрыгушхуэ хъун япэ текIуэныгъэшхуэт. Зи IэщIагъэм щIэхыу хуэIэижь хъуа щIалэр опытышхуэ зиIэхэм чэнджэщэгъу ящIу хуежьащ иужькIэ. Къуажэми щызэлъащIысат дохутыр Iэзэм и хъыбарыфIыр. Нэгумэм Iэщхэм я узыфэр щыуагъэншэу къихутэф къудейтэкъым (нэхъыщхьэр арат), атIэ Iэзэуи игъэхъужырт. Хозяйствэми къуажэдэсхэми я дэтхэнэ зы Iэщми елIалIэрт Нэгумэр. Уз зэрыцIалэхэр къэмыхъун щхьэкIэ иригъэкIуэкI лэжьыгъэхэм я сэбэпкIэ хэщIым я бжыгъэр зы процентым фIэкIыртэкъым. Апхуэдэ ехъулIэныгъэ зыIэрызыгъэхьэфыр зырызыххэт. Сыт щыIэ уи гъащIэр, IэщIагъэр нэгъуэщIхэм яхуэщхьэпэу упсэун нэхърэ нэхъ насып? Ар къызэхъулIахэм ящыщщ Iэщ дохутыр IэщIагъэ мытыншым ирилажьэ Нэгумэ Мухьэмэд. И лэжьыгъэм папщIэ Нэгумэм къыхуагъэфэщащ фIыщIэ тхылъхэр, саугъэтхэр. И ныбжькIэ мыщIалэжми, Нэгумэр ноби и IэщIагъэм иролажьэ, хуэIэижьу. Къуажэдэсхэм къыхуащI пщIэр и дуней тетыкIэкIэ, и лэжьыгъэ щхьэпэкIэ къихьащ IэщIагъэлI IэкIуэлъакIуэм. Си гуапэщ Мухьэмэд хиша гъуэгур куэдрэ хэмыгъуэщэну. КЪАРДЭН Мухьэмэд, УФ-м и Журналистхэм я союзым хэт.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29551.txt" }
ХьэтIохъущокъуэм и хадэ Налшык къалэ паркыр и инагъкIи и дахагъкIи къэралым и зыгъэпсэхупIэ нэхъ дахэхэм хохьэ. АрщхьэкIэ, «Октябрь революцэм цIыхубэм къыхуихьа насыпыр» ягъэбэгъуэн папщIэ, абы и къежьапIэр 1917 гъэм деж къыщыщIадзэурэ, и тхыдэ пэжыр намытхысу къекIуэкIащ. ХьэтIохъущокъуэм и хадэ. Налшык, 1900 гъэ («Архивы и общество» журналым (№14, 2010 гъэ) къитхыжащ) «Налшык быдапIэ» — арат Тэгъулан унэцIэр зезыхьэ беслъэн-уэркъхэм я къуажэр здэщысам деж Ермолов Алексей щиухуа дзэ тIысыпIэм зэреджэр. 1838 гъэм «быдапIэ» фIэщыгъэр «дзэ-жылагъуэ псэупIэ» цIэмкIэ яхъуэжащ. 1842, 1844 гъэхэм налшыкдэсхэр Кавказ Линием и Iэтащхьэ Эристовым тIэунейрэ йолъэIу быдапIэм пхъэщхьэмыщхьэ жыг къыщыкI хадэ щыхрагъэсэну. 1847 гъэм Эристовыр арэзы мэхъу урыс пащтыхьыгъуэм япэщIэта адыгэ пщы-уэркъхэр зрахуа щIыхэм апхуэдэ хадэ щащIэну, пащтыхь хъарзыналъэм сом дыжьынищэ къыхахыу. 1851 гъэм хаса гъэIэпхъуэнхэм иныкъуэр щIым хиубыдащ, адрейхэр щIыIэм исащ. Ауэ пхъэщхьэмыщхьэ къызыпыкIэ жыг Iэрысэ мини 5-м я къудамэхэм щыщхэр мэзым къыщыкI пхъэщхьэмыщхьэ жыгхэм дагъэкIащ. Ахэр жыгыщIэ хъуа нэужь, я зэхуэдитIыр хадэм къранащ, адрейхэр цIыхухэм хуагуэшащ. А жыгыщIэхэр зыхуагуэшахэм ящыщт ХьэтIохъущокъуэ ХьэтIэхъущыкъуэ. А зэманым ар «Кабардинский временный суд»-кIэ зэджэ, хабзэ къыдэгъэкIын-гъэзэщIэныр зи пщэ илъ IуэхущIапIэм щылажьэрт. ХьэтIэхъущыкъуэ игъэтIыса жыг хадэр нобэ «Эльбрус» рестораныр здэщыт щIыпIэм хуозэ. Пащтыхьыгъуэм хригъэсар — сабий джэгупIэхэмрэ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ къэрал драмэ театрымрэ здэщытым деж. 1860 гъэхэм щIым теухуа хабзэхэр щызэрахъуэкIым, Налшык псэупIэм ищхъэрэкIэ щылъ щIы псори, нобэ «Дыгъужь куэбжэкIэ» зэджэм нэс хиубыдэу, пащтыхьыгъуэм иригъэубзыхуа хадэр къыдэкIуэу, ХьэтIохъущокъуэ ХьэтIэхъущыкъуэ и мылъкум хабжащ. Апхуэдэу хадитIыр щызэхагъэхьэжым, ХьэтIохъущокъуэм и хадэ зыуэ ялъытэ хъуам Ипщэрэ ИщхъэрэкIэ еджэу щIадзащ. Дэфтэрхэм къызэрыхэщымкIэ, ХьэтIохъущокъуэпщым «Къэбэрдей цIыхубэ мылъкум» ахъшэ мызэ-мытIэу къыIихащ жыгыщIэ къищэхун е хадэм щылажьэхэм улахуэ яритын папщIэ. Иванов И. жыггъэкIым и унафэм щIэту хадэм адыгэ мэкъумэшыщIэ гуп щылажьэрт. Абыхэм я лэжьэкIэм теухуауэ Абрамов Яков етхыж: «Налшык пэгъунэгъуу «ХьэтIохъущокъуэм и хадэ» жыхуаIэр щытщ. МащIэщ абы къыхэнэжар. Кавказым фIэкIа зыщIыпIи узыщримыхьэлIэн хадэ абрагъуэхэм ящыщ зыт ар. Пхъэщхьэмыщхьэ лIэужьыгъуэу имыт щыIэтэкъым: кхъужьейхэр, мыIэрысейхэр, балиейхэр, балий Iэрысейхэр, шэфтал, мэракIуей, н. къ. КIарцхэмрэ бзиихухэмрэ сатыр дахащэу ирикIуэрт. УдзыпцIэ телъыджэ итт, ихъуреягъыр мэракIуейрэ шэфталу. Жызумейхэм псы щIагъэлъэдэн папщIэ, хадэм ипщэкIэ псы къызэпрашат. Адыгэхэм яIэщIэлъыху апхуэдэ теплъэ иIащ а хадэм». Къэбэрдей (ХьэтIохъущокъуэ) парк. 1923 гъэ Бгырыс еджапIэм щIэс щIалэгъуалэр еджэным къыщыдэхуэм щылажьэрт хадэм. Абы щеджэхэр нэхъыбэу адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ я уэркъ щIалэщIэхэрт. Псалъэм папщIэ, 1895 гъэм еджакIуэхэм зэманыр зэрагъакIуэм теухуауэ къэна дэфтэрхэм итщ ахэр ХьэтIохъущокъуэм и хадэм щылэжьауэ: мэракIуей ягъэтIысащ, удзыжьхэр кърачащ. 1880 — 1890 гъэхэр хадэм и дахэгъуэт. Кавказ Ищхъэрэм и гъунапкъэм щхьэпрыIукIат абы и цIэр. 1884 гъэм ХьэтIохъущокъуэм и хадэр бзу лъэпкъхэмкIэ зэрыкъулейр зэхэзыха пщышхуэ Михаил Николаевич и щхьэм папщIэ мэзджэд зэхъузэбзу 12 ирыригъэшауэ щытащ абы. 1890 гъэхэм ХьэтIохъущокъуэпщыр сымаджэрилэ хъури, хадэм елIэлIэнри къехьэлъэкIыу хуежьащ. Дэфтэрхэм къызэраIуатэмкIэ, 1898 гъэм хадэр ХьэтIохъущокъуэм имеижу «Къэбэрдей жылагъуэм» и мылъку хъуакIэт. Абы и щхьэусыгъуэр зэкIэ тщIэркъым, ауэ зэрыхуэдгъэфащэмкIэ, пщыр нэхъ лъэрымыхь хъуауэ къыщIэкIынут. 1860 — 1870 гъэхэм пащтыхьыгъуэм иукъуэдия мылъку къэугъуеикIэ хабзэхэм ахъшэ зыбгъэдэлъу Хэкум къинахэми я лъабжьэр щIиудащ. Псалъэм папщIэ, а зи гугъу тщIы ХьэтIохъущокъуэпщым щIыуэ зэрихьэм и нэхъыбэр «ЩIыхэкI банкым» и IэмыщIэ ихуащ. Дэфтэрхэм къызэрыхэщымкIэ, пщым «Къэбэрдей цIыхубэ мылъкум» и щIыхуэшхуэ — сом 28803-рэ — къытехуати, ар ипшыныжыху метрипщI зэбгъузэнатIэу 744-рэ яIыгъыну яритащ. Мис апхуэдэ Iуэхухэм пыщIауэ фэ тетщ хадэр пщым зэрыIэщIэкIа щIыкIэр. 1898 гъэм налшыкдэсхэмрэ «Къэбэрдей жылагъуэмрэ» я зэхуаку къаугъэ къыдохъуэ. Налшыкдэсхэр хадэр цIыхубэм къратыну мэлъаIуэ, арщхьэкIэ «Къэбэрдей жылагъуэм» ар идэркъым. Япэ хеящIэ зэхуэсхэр 1901 гъэм накъыгъэм и 15-м щегъэжьауэ 29-м нэс екIуэкIащ. «Къэбэрдей жылагъуэм» и уэчылыр хадэр зейуэ щыта ХьэтIохъущокъуэ ХьэтIэхъущыкъуэ и къуэш Мыхьэмэтт. ХеящIэм унафэ къищтащ хадэр налшыкдэсхэм иратыну. АбыкIэ «Къэбэрдей жылагъуэр» арэзы хъуакъым. 1901 гъэм дыгъэгъазэм и 11-м «Къэбэрдей жылагъуэм» Тыркум кIуа ХьэтIохъущокъуэ Мыхьэмэт и пIэкIэ Бгырыс еджапIэм и егъэджакIуэ Къармэ Исхьэкъ уэчылу къещтэри, Iуэхум пещэ. И мыарэзыныгъэр къызэригъэлъагъуэ тхыгъэм Къармэм щыжеIэ налшыкдэсхэр хадэм щIыщIэлъэIур ар зыхуей хуагъэзэну зэрыармырар, атIэ фейдэ хахын папщIэ, ар «Владикавказ гъущI гъуэгу» IуэхущIапIэм иращэжыну мурад зэраIэр. Къармэм щыхьэту къихьащ Налшык цIыху кIуапIэ, зыгъэпсэхупIэ ин хъун, абы дэсхэми а Iуэхум фейдэ хахыфын щхьэкIэ, «Владикавказ гъущI гъуэгум» лъэкI къимыгъэнэну ахэр къыщигъэгугъэ дэфтэрыр. Къармэр зыгъэпсэхупIэхэмрэ Налшык и дахагъэмрэ зрагъэузэщIыным зэрыпэрымыуэр къыхигъэщащ, имыдэр хадэм къыпыкI хъерыр «Къэбэрдей цIыхубэ мылъкум» халъхьэн хуейуэ къызэрилъытэрат, налшыкдэсхэм я закъуэ ялъымысу. «Къэбэрдей жылагъуэм» езым мурад убзыхуа иIэт хадэм зригъэужьыным теухуауэ. Абы хадэр зыгуэрым IэщIилъхьэну зигъэхьэзырыртэкъым. 1890 гъэм щегъэжьауэ хадэ зехьэным ахъшэу текIуэдар «Къэбэрдей цIыхубэ мылъку» банкым къиутIыпща защIэт, Октябрь революцэм и пэкIэ а IуэхущIапIэр Къэбэрдеймрэ Балкъэрымрэ я лъэпкъ банк хуэдэу щытт. 1912 гъэм Къэбэрдей округым и Iэтащхьэу щыта Къылышбий СулътIанбэч «Налшык егъэфIэкIуэнымкIэ зэгухьэныгъэ» къызэригъэпэщащ. Абы и унафэщIт езы Къылышбийр. Зэгухьэныгъэм хэтт а лъэхъэнэм округым фIыуэ къыщацIыхуу щыта дохутыр Львов К. М., губерние секретарь Къэрэшей Б. ТI., Заветаев П. И., Къармэ Исхьэкъ, нэгъуэщIхэри. Зэгухьэныгъэм иджыри хагъэхьат щIыпIэ интеллигенцэм щыщхэу пщы Наурыз Т. И., ТокIэш Хь., Шыпш Т. У., Шаханов Б. сымэ. Зэгухьэныгъэм Налшык ефIэкIуэн папщIэ Iуэхугъуэ 47-рэ гъэзэщIэн хуейуэ унафэ ищIащ. Абыхэм хыхьэрт жыгхэр сатыру хэсэныр, сабий джэгупIэхэр, псэущхьэ IыгъыпIэхэр, зыгъэпскIыпIэхэр, зыгъэпсэхупIэхэр, псы къилъэдапIэ-ижыпIэхэр къызэгъэпэщыныр. Зэгухьэныгъэм мурад ищIащ музей къызэIуихыну, Кавказымрэ абы теухуа тхыгъэхэмрэ щадж къудамэ щхьэхуэ хэту тхылъ хъумапIэ къызэрагъэпэщыну, уэрэд щыжаIэн, къыщыфэн, зыщагъэпсэхун щIыпIэхэр, пщIэнши уасэ зыщIати хэту, яухуэну. ХьэтIохъущокъуэм и хадэм и мызакъуэу, Налшык къалэри зыхуей зэрыхуэзэнум тещIыхьа унафэт абыхэм къащтар. А зэгухьэныгъэм и къалэнхэр нэсу игъэзащIэу зэрыщытам и зы щыхьэтщ ар 1914 гъэм щIышылэм и 4-м Царт Э. А. инженерым Мысостхэ я псынэм деж къикIыу Налшык нэс бжьамийкIэ псы къишэну зэрыгурыIуар. 1916 гъэм и дэфтэрхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, «Владикавказ гъущI гъуэгум» ХьэтIохъущокъуэм и хадэм Курзал ирищIыхьыну унафэ къищтащ. А щIыпIэр хуозэ иджыпсту «Эльбрус» рестораныр здэщытым деж. Ди жагъуэ зэрыхъущи, «Къэбэрдей жылагъуэм» IэщIэкIыу хадэр «Владикавказ гъущI гъуэгум» зэрыIэрыхьа щIыкIэм щыхьэт хуэхъу дэфтэр зэкIэ дрихьэлIакъым. Зауэ зэманым ХьэтIохъущокъуэм и хадэм кIэлъымыплъыжIауэ, налшыкдэсхэм ар Iэщ гъэхъупIэ ящIыжат. Хадэм къыщхьэщыжакIуэ хуэхъуащ балъкъэр дохутыр Абаев Измаил, 1920 гъэм Налшык округым и ревкомым узыншагъэ IуэхухэмкIэ унафэщIу ягъэувар. Абаевым ревкомым и унафэщI Къалмыкъ БетIал хуетх: «ХьэтIохъущокъуэм и хадэр Iэщ гъэхъупIэ зэрыхъуам, цIыхубэр абы узыншагъэ IуэхукIэ зэрыхуэныкъуэм, Налшык къалэ-зыгъэпсэхупIэм ар хадэу имыIэу зэрымыхъунум къыхэкIыу, солъаIуэ абы шууейхэр ихьэнуи Iэщ щагъэхъуэкIуэнуи япэзыубыд унафэ къыдэвгъэкIыну». 1920 гъэм ревкомым и зэхуэсым унафэ къищтащ: «ГуащIэрыпсэухэм я хадэр хъумэныр, абы кIэлъыплъыныр щIы IуэхухэмкIэ унафэщI ныбжьэгъу Мыдым и пщэ дэлъхьэн». Хуэбгъэфащэ хъунущ а зэхуэсым ХьэтIохъущокъуэм и хадэм «ГуащIэрыпсэухэм я хадэ» фIащыжауэ. 1923 гъэм абы и цIэр къызэрыхэщыр «Къэбэрдей хадэ» жиIэущ. 1949 гъэм дыгъэгъазэм и 29-м КъАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм унафэ къищтащ: «Совет народымрэ фIым хуэунэтIа дунейпсо цIыхубэмрэ я гъуазэ, я егъэджакIуэ Сталин И. В. и ныбжьыр илъэс 70 зэрырикъум и саулыкъукIэ Республиканскэ уэрамым «Сталиным и цIэр зезыхьэ уэрам», Къэбэрдей паркым — «Сталиным и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей парк» фIэщыгъэхэр етын». 1950 гъэхэм Сталиным пщIэуэ хуащIар егъэлеиныгъэу къалъытэжа нэужь, хадэм «Налшык парк» фIащыжащ. Ди зэманым паркым цIэ пыухыкIа иIэкъым. Абы зэм «Къалэ парк», зэм «Налшык парк», зэми «ЗыгъэпсэхупIэ парк»-кIэ йоджэ. И чэзу къэмысауэ пIэрэ абы и цIэ дыдэр — «ХьэтIохъущокъуэм и хадэ» цIэр еттыжыну?
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29553.txt" }
Шэч лъэпкъ зыми къытрыремыхьэ! ХьэтIохъущокъуэм и хадэм апхуэдиз гулъытэ къызэрылъысыр ди гуапэ хъунут, цIыхуIэ еIусауэ умыщIэну щIыри щIыуэпсри зыгъэдахэ парк телъыджэм теухуауэ тщIэ мащIэм зыгуэр къыхэхъуэу щытамэ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, иужьрейуэ утыку кърахьа тхыгъэхэм апхуэдэ гугъэ уагъэщIыркъым, паркым и тхыдэм зрагъэубгъуну хьэмэрэ ар нэхъ гукъинэж ящIыну мурад яIэу тхакIуэхэм ядэплъагъуркъым. Гу лъумытэнкIэ Iэмал иIэкъым Котляров зэщхьэгъусэхэми, Жырыгъу Р., Лубан О. сыми я IэдакъэщIэкIхэр зыгуэрым и унафэкIэ дунейм къызэрытехьэм. Сыт а унафэм и гукъыдэжыр жыпIэмэ, псоми фIыуэ ялъагъу паркым тхыдэм кърита «ХьэтIохъущокъуэм и хадэ» цIэр фIагъэкIуэдынырщ. ХэкIыпIэу къагъуэтари тхыдэ лэжьыгъэ нэмыщIысахэр, псалъэм папщIэ, Абрамов Я. XIX лIэщIыгъуэм хадэр дэхуэхауэ щIыщыта щхьэусыгъуэу къихьхэр е архив тхыгъэхэу шэч къызытумыхьэу щымытхэр къагъэсэбэпкIэрэ, цIыхубэр ягъэщхьэрыуэнырщ. «Кабардино-Балкарская правда», «МК в Кабардино-Балкарии» газетхэм я щIэджыкIакIуэ куэд паркым теухуауэ иужьрейуэ утыку кърахьа лэжьыгъэхэмкIэ зэрымыарэзым къыхэкIыу, «ХьэтIохъущокъуэм и хадэ» фIэщыгъэм щIэту кавказыдж цIэрыIуэ, тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор Думэн Хьэсэн 1991 гъэм къытрыригъэдза лэжьыгъэр щIэрыщIэу хэIущIыIу щIын хуейуэ къызолъытэ. Архив тхыгъэхэр зи тегъэщIапIэ щIэныгъэ лэжьыгъэм къеджэмэ, хадэм и цIэми, абы и къекIуэкIыкIами цIыхухэм шэч къытрамыхьэжыну си гугъэщ. Шэч зыхэмылъыжращи, ХьэтIохъущокъуэм и хадэм и тхыдэм дяпэкIэ елэжьыпхъэр тхыдэджхэмрэ къэкIыгъэ IуэхухэмкIэ щIэныгъэ зиIэхэмрэщ. IэщIагъэлI къэс езыр и IэнатIэ пэрытыжмэ, нэхъыфIщ, ар жылагъуэ Iуэхууи щIэныгъэ Iуэхууи щрырет. КЪАЛМЫКЪ Жылэбий, тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат, КъБР-м и Адыгэ зэгухьэныгъэхэм я лэжьыгъэр ЗэзыгъэуIу Советым и унафэщI.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29558.txt" }
ЕтIуанэ гупыр «КъБР-м и экономикэм папщIэ IэщIагъэлIхэр гъэхьэзырыным теухуауэ» бизнес-программэр Къанокъуэ Арсен къыхилъхьа Iуэхугъуэ пажэхэм ящыщщ. Ар хуэгъэзащ ди щIалэгъуалэм ябгъэдэлъ щIэныгъэм, зэфIэкIым хагъэхъуэным. КъБР-м Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм и лэжьакIуэ Къэрэщей Элеонорэ хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, щIыпIэ еджапIэхэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызэзыгъэгъуэта IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэр республикэм и бизнес-школхэм инджылызыбзэмрэ информацэ технологиехэмрэ нэхъ куууэ щыхурагъэджащ. Ар проектым и япэ Iыхьэт. Къэбэрдей-Балъкъэр бизнес-инкубаторым иджыблагъэ щекIуэкIащ етIуанэ Iыхьэр. КъБР-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ Бэждыгъу Темыркъан зи пашэ къэпщытакIуэ комиссэм игъэбелджылащ нэгъуэщI щIыпIэхэм зи зэфIэкIым щыхэзыгъэхъуэну IэщIагъэлI гупым хэхуахэр. Псори зэ-хэту цIыху 17 мэхъури, ахэр щеджэнущ Москварэ Санкт-Петербургрэ я еджапIэ нэхъыщхьэ нэхъыфIхэм. IэщIагъэлIхэр гъэхьэзырынымкIэ республикэ комиссэм жэуап зыхь и секретарь Щоджэн Заирэт зэрыжиIэмкIэ, 2013 — 2014 гъэ еджэгъуэм и кIуэцIкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ IэщIагъэлI ныбжьыщIэ 37-м Iэмал яIэнущ я щIэныгъэм хамэ щIыпIэхэм щыхагъэхъуэну. Иджыпсту зи Iуэху зэрахуэ гупым нэхъыбэу къызэщIиубыдэр республикэм и социальнэ IэнатIэхэм щылажьэ IэщIагъэлIхэрщ. Псалъэм папщIэ, абы хэтщ «ЕхъулIэныгъэ» («Успех») еджапIэ центрым и унафэщI Апекъуэ Жаннэ, «КъБР-м инвестицэхэмрэ зыужьыныгъэмкIэ и агентствэ» ОАО-м и къудамэм и унафэщI Хьэсанэ Амир. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, япэ гупым хэтхэр КъБР-м и бюджетым къыхэкI мылъкукIэ ирагъэджэнущ. Программэм и етIуанэ гупым хэтыну хуейхэм абы теухуа хъыбар псори къы-щагъуэтынущ КъБР-м Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм и http://ekonomykbr.ru/category/managers/ сайтым. Фигу къэдгъэкIыжынщи, «КъБР-м и экономикэм папщIэ IэщIагъэлIхэр гъэхьэзырыным теухуауэ» бизнес-программэр республикэм щагъэзащIэ 1997 гъэ лъандэрэ. А илъэсхэм къриубыдэу щIыпIэ экономикэм хуагъэхьэзыращ IэщIагъэлI 275-рэ. ТАМБИЙ Линэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29562.txt" }
Дохутырхэр ирагъаджэ КъБР-м узыншагъэр хъумэнымрэ курортхэмкIэ и министр Шэт Ирмэ иджыблагъэ яхуэзащ Кулаков В. И. и цIэр зезыхьэ, акушерствэмкIэ, гинекологиемкIэ, перинатологиемкIэ щIэныгъэ центрым и IэщIагъэлI пажэхэм. Гупыр министерствэм иригъэблагъэри, Республикэ перинатальнэ центрым, Бахъсэн, Iуащхьэмахуэ районхэм щылажьэ лъхуапIэ къудамэхэм щыIащ. ЩIэныгъэлIхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и лъхуапIэ IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм папщIэ зэрырагъэджэну программэ щхьэхуэхэр зэхалъхьэнущ. Медицинэ щIэныгъэхэм я доктор Хаматхановэ Елизаветэ зэрыжиIамкIэ, здэщыIа IуэхущIапIэхэм я лэжьыгъэр къыщапщытэм гу зылъата ныкъусаныгъэхэм ятещIыхьауэ дерсхэр зэрырагъэкIуэкIыну программэр зэхагъэувэну аращ. Перинатальнэ центрым и лэжьыгъэр къызэрыщыхъуам и гугъу щищIым, Хаматхановэ Елизаветэ къыхигъэщащ лъхуапIэ IуэхущIапIэ нэхъ инитIыр зэрызэгуагъэхьэжар фIыуэ егупсысауэ яча лъэбакъуэу зэрыщытыр. «Республикэм и лъхуапIэ IуэхущIапIэхэм я лэжьыгъэр зэхуэдэу къызэгъэпэщауэ икIи зэпыщIауэ щытын хуейщ. Апхуэдэу къэгъэсэбэпыпхъэщ иджырей медицинэ Iэмэпсымэхэм къыдат Iэмал псори. Районхэм щыIэ лъхуапIэ къудамэхэм къалащхьэм щыIэ центрыр я тегъэщIапIэу я лэжьыгъэр яухуэу, сыт хуэдэ IуэхукIи зэчэнджэщхэу щытын хуейщ. Апхуэдэ бгъэдыхьэкIэ лэжьыгъэм хуаIэмэ, итIанэщ фIагъ лъагэ зиIэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэ цIыхухэм щратыфынур», — жиIащ Хаматхановэ Елизаветэ. Шэт Ирмэ щIэныгъэлIхэм фIыщIэ яхуищIащ республикэм щрагъэкIуэкI лэжьыгъэм папщIэ икIи лъхуапIэ унэхэм щыIэ дохутырхэмрэ медсестрахэмрэ я Iэзагъэм хагъэхъуэнымкIэ ирагъэкIуэкI IуэхумкIэ дэIэпыкъуэгъу хъуну зэрыхьэзырыр яжриIащ. Щомахуэ Лилие.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29564.txt" }
Шынэ-шынэхэр зэIэпах Гъэ къэси хуэдэу, бадзэуэгъуэм и 8-м республикэм и къалащхьэмрэ къуажэхэмрэ щагъэлъэпIащ унагъуэм, лъагъуныгъэм, зэхуэпэжыным я урысейпсо махуэр. Абы ирихьэлIэу я нэчыхьыр ирагъэтхащ уэрэдымрэ къафэмкIэ «Амикс» театрым и уэрэджыIакIуэ Хъусин Анзоррэ Музыкэ театрым и солисткэ, Думэн Мурэдин и театрым и лэжьакIуэ Жабоевэ Замирэрэ. Анзоррэ Замирэрэ. ГуфIэгъуэ зэхыхьэр иригъэкIуэкIащ Нэчыхьхэр щатх унэу Налшык дэтым и унафэщI Шэру Валентинэ. КърихьэлIахэм хъуэхъу дахэкIэ Валентинэ защыхуигъазэм, «Амикс» гупыр зы унагъуэшхуэм хуэдэу зэкъуэту къызэрыгъуэгуры-кIуэр и псалъэм къыхигъэщащ икIи абы и щыхьэту Валентинэ пэшым къригъэблэгъащ а театрым щыщу нэхъапэIуэкIэ унагъуэ дахэ зэдэзыухуа зэщхьэгъусэхэр. «Амикс» театрым хэт щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ къэфащ, лъагъуныгъэм, зэхуэпэжыным я нэщэнэу ялъытэ шынэ-шынэ удз гъэгъа Iэрамэхэр зэIэпахыурэ. КъыкIэлъыкIуэу, псори зыпэплъэ щауэмрэ нысащIэмрэ пэшым щIашэри, я нэчыхьыр ятхащ. Шэру Валентинэ Анзоррэ Замирэрэ захуигъазэу жиIащ: — Iуэху псоми псыпэ хуэхъур унагъуэращи, псэгъу зэхуэхъуахэм мы махуэ дахэр фигу къинэжыну, лъэпкъыр, республикэр зэрыгушхуэн щIэблэфI къыф-щIэхъуэну, фяку дэлъ лъагъуныгъэмрэ зэгурыIуэмрэ нэхъ быдэ хъууэрэ екIуэкIыну, нэхъыщхьэращи, фызэрыгъэпэжу гъащIэ кIыхь къызэдэвгъэщIэну сынывохъуэхъу. «Амикс» театрым и художественнэ унафэщI Къул Амир, уэрэджыIакIуэхэу Iэрэмысэ Азрэт, ЦокIыл Азэмэт, Аттаев Азнор, нэгъуэщIхэри щауэмрэ нысащIэмрэ ехъуэхъуащ гуфIэгъуэрэ насыпрэ зэрылъ, псомкIи щапхъэ зытрах, цIыху кIуапIэ унагъуэ хъунхэу. Хъуэхъу псалъэм дыщIагъужащ я уэрэдхэри къафэхэри. Къыхэгъэщыпхъэщ, Бахъсэн, Лэскэн, нэгъуэщI районхэми мы махуэр зэрыщагъэлъэпIар. Зэрызэдэпсэурэ илъэс 35-м щыщIэдзауэ 70-м нэблэгъа зэщхьэгъусэ зыбжанэм хуагъэфэщащ «Лъагъуныгъэмрэ зэхуэпэжынымрэ папщIэ» медалыр. Зэхыхьэр къызэрагъэпэщащ щIыпIэ администрацэхэмрэ «Урысей зэкъуэт» партым и «ЩIэблэщIэ гвардие» зэгухьэныгъэмрэ. ТЕКIУЖЬ Заретэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29566.txt" }
Аращ дэ абыхэм яхуэтщIэжыфынур Урысей Федерацэм ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм и къэлъыхъуакIуэ гупым лэжьыгъэшхуэ пщэрылъ зыщащIыжащ. Абыхэм Iуащхьэмахуэ и щыгур яхъумэу Хэку зауэшхуэм и зэманым а щIыпIэм зи псэр щызыта сэлэтхэм я хьэдэ къупщхьэхэр, я Iэщэ-фащэр къагъуэтыжу зыхуей хуагъэзэну я мурадщ. Миронов Игорь, Малкаров Аслъэн, Къумахуэ Мухьэдин. Кавказым щекIуэкIа зауэ гуащIэхэр зэриухрэ илъэс 70 щрикъум ирихьэлIэу къаIэта Iуэху щхьэпэм теухуауэ щытащ Iуащхьэмахуэ куей администрацэм, Урысей Федерацэм ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэмрэ КъБР-м и IэнатIэхэмрэ зэгъусэу Терскол щрагъэкIуэкIа зэIущIэр. Iуащхьэмахуэ район администрацэм и Iэтащхьэ Малкаров Аслъэн жиIащ хэкум и хуитыныгъэм зи псэр щIэзыта сэлэтхэм я къупщхьэхэр 1996 гъэ лъандэрэ къалъыхъуэ пэтми, нобэр къыздэсым къагъуэтыжхэм я бжыгъэр нэхъ мащIэ зэрымыхъуар. «Мемориал-Эльбрус» къэлъыхъуакIуэ гупым лэжьыгъэшхуэ ирегъэкIуэкI. Малкаровым и псалъэхэм къыхигъэщащ, гупыр куэд мыхъуми, лэжьыгъэ пыухыкIахэр зэрызэфIагъэкIыр, цIыху къазэремэщIэкIри ибзыщIакъым. Администрацэм и Iэтащхьэм фIыщIэ хэха хуищIащ УФ-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм апхуэдэ жэрдэм зэрищIам папщIэ, дяпэкIэ я лэжьыгъэр нэхъ псынщIэ, тынш хъуну зэрыщыгугъри и псалъэхэм дыщIигъужащ. Урысей Федерацэм зыхъумэжыныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэм и къалэнхэр зыгъэзащIэ Миронов Игорь къыщыпсалъэм фIыщIэ яхуищIащ кърахьэжьа Iуэхур къадэзыIыгъ, къадэIэпыкъу псоми. Кавказым щекIуэкIа зауэ гуащIэр зэриухрэ илъэс 70 зэрырикъум и щIыхькIэ ЗыхъумэжыныгъэмкIэ министерствэм къиIэта Iуэхухэм хэту Iуащхьэмахуэ куейр ауэ сытми къыхахауэ аракъым, атIэ зауэр нэхъ гуащIэу зэрыщекIуэкIар, а щIыпIэм сэлэт куэд псэемыблэжу зэрыщызэуар къалъытащ. Нобэр къыздэсым лэжьыгъэ хьэлъэм къримыгъэкIуэту а Iуэху мытыншыр зэрырагъэкIуэкIым папщIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэлъыхъуакIуэ гупым фIыщIэ яхуищIащ Мироновым. Хэкум и щхьэхуитыныгъэм зи псэр щIэзытахэм я щIыхьыр гъэлъэпIэным ехьэлIауэ ЗыхъумэжыныгъэмкIэ министерствэм и пщэ къалэн пыухыкIахэр дэлъщ. Абыхэм ящыщу нэхъыщхьэ дыдэхэм хохьэ къэлъыхъуакIуэ гупым и лэжьыгъэр къызэгъэпэщыныр, зауэм хэкIуэдауэ къагъэлъэгъуахэмрэ зэкIэ къагъуэтыжахэмрэ я бжыгъэм кIэлъыплъыныр, абыхэм я хьэдащхьэр зыхуей хуэгъэзэжыныр. Мироновыр щхьэхуэу къытеувыIащ Iэщэ къэзыгъуэтам, псом япэрауэ, хабзэхъумэ IуэхущIапIэхэм я къудамэу а щIыпIэм щыIэм хъыбар иригъэщIэн зэрыхуейм. Министерствэм иригъэкIуэкI лэжьыгъэр наIуэу щып-лъагъу Интернет-хъумапIэ къызэрагъэпэщащи, Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я кIуэдыкIамрэ щыщIалъхьэжа щIыпIэмрэ тыншу къыпхуэщIэнущ. Миронов Игорь жиIащ УФ-м и щIыхьыр ягъэлъапIэу утыкушхуэхэм ихьэн хуейуэ куэдрэ къазэрыхуихуэр. Нэмыцэхэр ди бийуэ щытами, нобэ абыхэм я деж ди сэлэтхэм я хъыбар къыщалъыхъуэ, къагъуэтыжахэр, хабзэм къызэрезэгъыу зыхуей хуагъэзэж — дэри аращ. Дызэрыт илъэсым и кIуэцIкIэ зэфIагъэкIыну зыхуагъэувыж къалэнхэр кърибжэкIа нэужь, къэпсалъэм жиIащ илъэс къэс ирагъэкIуэкI лэжьыгъэр мы гъэм щIагъэхуэбжьэну зэрамурадыр. УФ-м IэщэкIэ зэщIэузэда и къарухэм я музей нэхъыщхьэм и унафэщI Никонов Александр къыхилъхьащ Хэку зауэшхуэм и Iэужьхэр къатещу къагъуэтыж Iэщэ-фащэхэр щIалъхьэу Кавказыр зыхъумахэм я музей къызэIуахыну, абы къищынэмыщIауэ, Iуащхьэмахуэ и щыгум тет хъумапIэр зэрагъэпэщыжыну. А Iуэхум ехьэлIауэ лэжьыгъэ пыухыкIахэр зэрырагъэкIуэкIыр, «Мир» къэувыIэпIэм (станцым) деж музей щаухуэну зэрамурадыр и псалъэхэм къыхигъэщащ Iуащхьэмахуэ къуажэ администрацэм и Iэтащхьэ Курданов Узеир. Кърахьэжьа Iуэхум зэреплъыр зэIущIэм къыщагъэлъэгъуащ КъБР-м щыIэ МВД-м и къудамэу Iуащхьэмахуэ районым щыIэм и унафэщI Баттаев Муслим, КъБР-м и дзэ комиссар Харламов Евгений сымэ, нэгъуэщIхэми. Щомахуэ Залинэ. Сурэтыр Гуртуев Расул трихащ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29572.txt" }
Нобэ Петр Езанэм и унафэм щIэту урысыдзэр Полтавэ и деж шведхэм щатекIуа махуэщ (1709). Илъэс 95-рэ и пэкIэ (1918) Советхэм я Етхуанэ Урысейпсо съездым РСФСР-м и Конституцэр — Совет къэралым и япэ Конституцэр — къищтащ. Илъэс 95-рэ и пэкIэ (1918) къалъхуащ инджылыз тхакIуэ, публицист Олдридж Джеймс, «Лъэпкъхэм яку дэлъ мамырыгъэр зэригъэбыдам папщIэ» Ленин саугъэтым и лауреатыр. СССР-м и цIыхубэ артист, СССР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Лемешев Сергей (1893 — 1973) къыщалъхуа махуэщ. 1922 гъэм къалъхуащ КъШР-м и цIыхубэ тхакIуэ, Абхъазым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Хьэнфэн Алим. 1931 гъэм къалъхуащ УФ-м щIыхь зиIэ и юрист Щоджэн Iэбу. 1935 гъэм къалъхуащ КъБР-м физкультурэмрэ спортымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, СССР-м и спортым бэнэкIэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ и мастер Къуэдзокъуэ Анатолэ. КъБР-ми КъШР-ми щIыхь зиIэ я артисткэ Шэрджэс Iэсият къыщалъхуа махуэщ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29574.txt" }
Ди къуэш республикэхэм Лъахэм къагъэзэж Абхъаз. Зауэ щекIуэкI Сирием къикIыжри, Абхъазым цIыхуи 114-рэ къэкIуэжащ. Хэкум къэзыгъэзэжа я лъахэгъухэм Сочэ аэропортым щаIущIащ республикэм нэгъуэщI къэрал IуэхухэмкIэ и министрым и къуэдзэ Хинтбэ Ираклий, Парламентым и депутатхэу Гунбэ Дмитрий, Харазие Саид, Iэпхъуэшапхъуэ IуэхумкIэ къэрал комитетым и къудамэм и унафэщI Лазбэ Джансэхъу сымэ. Сирием къикIыжахэр автобусхэмкIэ Гудаутэ къалэм яшэри, «Черноморец» пансионатым зэкIэ щIагъэзэгъащ. Венесуэлэм и президентыр ирагъэблагъэ Анкваб Александр Венесуэлэм и президентыр Абхъазым ирегъэблагъэ. 2013 гъэм бадзэуэгъуэм и пэщIэдзэм Чавес Уго и фэеплъ пшыхьу Мэзкуу щекIуэкIам хэтащ лэжьыгъэ IуэхукIэ Урысейм щыIэ, Венесуэлэм и президент Мадурэ Николас. Абы ирихьэлIащ Абхъазым и лIыкIуэу УФ-м щыIэ Ахбэ Игорь икIи республикэм и президент Анкваб Александр зэрыригъэблагъэр Мадурэ жриIащ. Иужьрейм ар гуапэ щыхъуащ икIи имыгъэгувэу къызэрыкIуэнумкIэ хъыбар къаригъэщIащ. Мажейкэ Кипрас Мейкъуапэ щохьэщIэ Адыгей. Республикэм и Iэтащхьэр хуэзащ телевиденэм, радиомрэ печатымкIэ дунейпсо Евразие академием и вице-президент Мажейкэ Кипрас. Адыгейм и Iэтащхьэ ТхьэкIушынэ Аслъэнджэрий мэрем кIуам яхуэзащ «Адыгэ Республикэм щыпсэухэр хэкупсэу гъэсэн», зэман кIыхьым тещIыхьа программэм ипкъ иткIэ, щIыналъэм щекIуэкI пресс-турым кърихьэлIахэм. ЗэIущIэм хэтащ журналистхэм мастер-классхэр ядригъэкIуэкIыну Адыгейм къэкIуа, телевиденэм, радиомрэ печатымкIэ дунейпсо Евразие академием и вице-президент Мажейкэ Кипрас, щIыналъэ СМИ-хэм я унафэщIхэр, журналистхэр. «Кавказ Ищхъэрэр гулъытэ щхьэхуэ зыхуэщIыпхъэ щIыналъэщ. Лъэпкъхэм я зэхущытыкIэр хэкупсэ гъэсэныгъэм и лъабжьэ нэхъыщхьэщ икIи абы егупсысауэ бгъэдыхьэн хуейщ», — жиIащ вице-президентым, и Iуэху еплъыкIэхэр къыщигъэлъагъуэм. УЭРДОКЪУЭ Женя.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29576.txt" }
ЕГЭ-м и Iыхьэ нэхъыщхьэм кърикIуахэр КъБР-м и Къэрал экзамен комиссэм и зи чэзу зэIущIэм щыхэплъащ 2013 гъэм Зыуэ щыт къэрал экзаменым и Iыхьэ нэхъыщхьэм республикэм къыщрикIуам. Зэхуэсыр къызэIуихащ икIи иригъэкIуэкIащ КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Семэн Пщыкъан. Министрым зэрыжиIамкIэ, курыт школыр 2013 гъэм къэзыуха ныбжьыщIэ 6693-м ящыщу къэрал къэпщытэныгъэм кIуэцIрыкIащ цIыху 6592-рэ. ЕГЭ-хэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, мыгъэрей экзаменхэмкIэ ныбжьыщIэхэм ику иту къахьа баллхэр хуокIуэ нэгъабэрейхэм, уеблэмэ языныкъуэ предметхэмкIэ нэхъ инщ. МатематикэмкIэ ику иту къахьащ балл 55,3-рэ, урысыбзэмкIэ — 60,1-рэ. Балл 90 е нэхъыбэ а предметхэмкIэ къахьащ цIыху 94-м. ЕджакIуэхэм езыхэм къыхаха экзаменхэм ящыщу нэхъыфIу ятащ химиер. АбыкIэ ныбжьыщIэ куэдым балл инхэр къахьащ, зыхуеину балл бжыгъэм нэмысыфаи къахэкIакъым. Апхуэдэу хъарзынэу ятащ информатикэмкIэ экзаменыр. Нэгъабэрейм еплъытмэ, ар ику иту балли 10-кIэ нэхъыбэщ. Хабзэ зэрыхъуащи, ди еджакIуэхэм фIы дыдэу ят биологиемкIэ экзаменыр. Мы гъэм абыкIэ къахьащ ику иту балл 66,1-рэ (2012 гъэм — 60,6-рэ). ЕджакIуэхэм тхыдэмкIэ мы гъэм ику иту къахьащ балл 59,1-рэ (2012 гъэм — 55,4-рэ). Семэн Пщыкъан и гуапэу къыхигъэщащ ипэкIэ зэи къэмыхъуауэ информатикэмкIэ балли 100 ди школакIуэхэм ящыщ Къамбий Заур къызэрихьар. «А щIалэм и ехъулIэныгъэм дэ псори дрогушхуэ», — жиIащ абы. Ахэр зэкIэ ЕГЭ-м и Iыхьэ нэхъыщхьэм къарикIуахэращ. Къэпщытэныгъэр зэрызэфIэкIам нэсу щытепсэлъыхьынур абы и етIуанэ Iыхьэр, иджыпсту екIуэкIыр, иухмэщ. НЫБЭЖЬ Таисэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29578.txt" }
Путин Владимир жьыщхьэ махуэхэм йохъуэхъу Дызэрыт мазэр къызэрыунэхурэ Путин Владимир и хъуэхъу тхыгъэхэр къаIэрыхьащ Бахъсэн районым щыпсэу нэхъыжьхэм ящыщу 12-м. УФ-м и Президентыр Уэзрокъуэ ПIатI ХьэтIутIэ и пхъум (Ислъэмей къуажэ) илъэси 110-рэ, Куп Мэржан Цацу и пхъум (Зеикъуэ къуажэ) илъэси 100, Къаздэхъу Хужь ФIыцIэ и пхъум (Ислъэмей къуажэ), Пщыунэ Жанпагуэ НэIиб и пхъум (Ислъэмей къуажэ), Хъуран Жангуащэ ПIатIэ и пхъум (Кыщпэк къуажэ), Ездэч ФатIимэт ТIытIу и пхъум (Къулъкъужын Ищхъэрэ къуажэ), Къумыкъу Къарэкуэ Хьид и пхъум (Зеикъуэ къуажэ) илъэс 95-рэ, Архагъэ Зулижан Толэ и пхъум (Псыхъурей къуажэ), Бэлагъы Кулисум Жэмал и пхъум (Къулъкъужын Ипщэ къуажэ), Уэртэн ФатIимэт Зубер и пхъум (Къулъкъужын Ипщэ къуажэ), Сыжажэ КIулэ Iэюб и пхъум (Зеикъуэ къуажэ), Беслъэней Цацу Астемыр и пхъум (Псыхъурей къуажэ) илъэс 90 зэрырикъумкIэ къехъуэхъуащ. УФ-м и Президентым и хъуэхъу тхыгъэхэр юбилярхэм иратыжащ Бахъсэн муниципальнэ районым и Iэтащхьэм и къуэдзэ Къаздэхъу Олег, къуажэ администрацэхэм я Iэтащхьэхэм, ветеран зэгухьэныгъэхэм я унафэщIхэм, «Урысей зэкъуэт» партым и лIыкIуэхэм. Алокъуэ Аринэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29580.txt" }
Бюджет IэнатIэм и лэжьакIуэхэм я улахуэм хущIагъу КъБР-м и Правительствэм щыщу экономикэм егъэщIылIахэр къригъэблагъэри, КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен тепсэлъыхьащ бюджет IэнатIэм и лэжьакIуэхэм я улахуэм яхущIыгъуным пыщIа Iуэхухэм. Къызэхуэсахэм абы яхуигъэуващ «Къэрал социальнэ политикэр пхыгъэкIынымкIэ зэфIэгъэкIыпхъэхэм ятеухуауэ», «2012 — 2017 гъэхэм сабийхэм я сэбэпхэр пхыгъэкIынымкIэ лэжьыпхъэхэм я лъэпкъ стратегием и IуэхукIэ», «Сабий зеиншэхэм, адэ-анэм я жьауэм щIэмытыжу къэна сабийхэм къащхьэщыжынымкIэ къэрал политикэр гъэзэщIэным ехьэлIауэ зэфIэгъэкIыпхъэхэм я IуэхукIэ» Урысей Федерацэм и Президентым и указхэр гъэзэщIэным адэкIи елэжьыну, апхуэдэу КъБР-м и бюджет IэнатIэм хиубыдэ къэрал, муниципальнэ IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэ гуп щхьэхуэхэм я улахуэхэм хэгъэхъуэныр къызэрагъэпэщыну. Дызэрыт илъэсым и кIэухым ирихьэлIэу курыт еджапIэхэм я егъэджакIуэхэм я улахуэр сом 17610-м, зи школ кIуэгъуэ мыхъуахэр зэкIуалIэ щагъасэ IуэхущIапIэхэм я педагогхэм я улахуэр сом 16345-м, IэщIагъэхэр щрагъэгъуэт пэщIэдзэ, курыт еджапIэхэм IэщIагъэхэм щыхуезыгъаджэхэмрэ мастерхэмрэ, сабийхэм щIэныгъэ гуэдзэн щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэм я педагогхэм, сабий зеиншэхэм, адэ-анэм я жьауэм щIэмытыжу къэна сабийхэм социальнэ, медицинэ Iуэхутхьэбзэхэр яхуэзыщIэ, ахэр щрагъаджэ IуэхущIапIэхэм я педагогхэм я улахуэр сом 13200-м, щэнхабзэ IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм я улахуэр сом 10557-м, дохутырхэм я улахуэр сом 22840-м, социальнэ лэжьакIуэхэм, медицинэ IуэхущIапIэхэм я социальнэ лэжьакIуэхэм я улахуэр сом 8981-м, медицинэ лэжьакIуэ нэхъыщIэхэм (медицинэ Iуэхутхьэбзэхэр зэфIэгъэкIынымкIэ Iэмалхэр къызэзыгъэпэщ лэжьакIуэхэм) я улахуэр сом 8822-м, курыт медицинэ (фармацевт) лэжьакIуэхэм (медицинэ Iуэхутхьэбзэхэр зэфIэгъэкIынымкIэ Iэмалхэр къызэзыгъэпэщхэм) я улахуэр сом 13313-м, медицинэ IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэу медицинэ (фармацевт) щIэныгъэ нэхъыщхьэ е нэгъуэщI щIэныгъэ нэхъыщхьэ зиIэхэм икIи медицинэ Iуэхутхьэбзэхэр зэфIэзыгъэкIхэм (медицинэ Iуэхутхьэбзэхэр къызэзыгъэпэщхэм) я улахуэр сом 22840-м нэсын хуейщ. А къалэнхэр тэмэму гъэзэщIа хъун папщIэ КъБР-м и Iэтащхьэм къигъэува пщэрылъым тету Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм дэтхэнэ IэнатIэми, дэтхэнэ бюджет IуэхущIапIэми зэман гъунэгъум къриубыдэу ирагъэкIуэкIыну лэжьыгъэ пыухыкIахэр иубзыхуащ. А Iуэхухэм трагъэкIуэдэн папщIэ 2013 гъэм республикэ бюджетым сом 1 мелардрэ мелуан 319-рэ щыхухахащ, а ахъшэм иджыри сом мелуан 371-м щIигъу щIагъужыну я мурадщ. УФ-м и Президентым и указхэм япкъ иткIэ щIыпIэ унафэр зезыгъакIуэ органхэм чэнджэщ иратащ сабийхэм щIэныгъэ гуэдзэн щрагъэгъуэт муниципальнэ еджапIэхэм я педагогхэм, щэнхабзэмкIэ муниципальнэ IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм я улахуэхэри зэрахуэфащэкIэ къаIэтыну. ЗэIущIэм апхуэдэу щыхэплъащ КъБР-м и республикэ бюджетыр 2013 гъэм и япэ мазихым зэрагъэзэщIам. Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Марьяш Иринэрэ финансхэмкIэ министр КIэрэф Муратрэ КъБР-м и Iэтащхьэр щыгъуазэ ящIащ бюджетым и хэщIхэр ткIийуэ зэрызэрагъэзахуэм, бюджет ахъшэр псом япэу социальнэ къалэнхэр зэфIэгъэкIынымрэ лэжьапщIэр тынымрэ зэрытрагъэкIуадэм. КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29583.txt" }
Къанокъуэ Арсен: ХьэрычэтыщIэхэм зэран яхуэхъун хуейкъым КъБР-м и Жылагъуэ палатэм Правительствэм и Унэм иджыблагъэ щригъэкIуэкIа ещанэ пленар зэIущIэм республикэм и Iэтащхьэри кърихьэлIащ. ЗэIущIэр теухуауэ щытащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм хьэрычэт IэнатIэ мыинхэмрэ курытхэмрэ зыщегъэужьыным. Жылагъуэ палатэм и тхьэмадэ Тау Пщыкъан ищIа докладым къыщигъэлъэгъуащ хьэрычэт IэнатIэ мыиным зегъэужьынымкIэ зэран хъу Iуэхуу къэралым щыIэхэр. Абыхэм ящыщщ ахъшэ щIыхуэ къэщтэным пыщIа гугъуехьхэр, кредитхэм ахъшэшхуэ зэрыщхьэщатыкIыр, налогхэр зэрыиныр, IэнатIэ цIыкIухэм я продукцэр рынокым зэрыщызэблэгъэкIыгъуейр, IэщIагъэ нэс зиIэ лэжьакIуэхэр зэрымащIэр, апхуэдэу административнэ лъэпощхьэпохэри зэрымымащIэм. Къапщтэмэ, Пенсэ фондым халъхьэ взнос пыухыкIахэр 2013 гъэм щIышылэм и 1-м щегъэжьауэ хуэдитIкIэ нэхъыбэ зэращIам къыхэкIыу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и закъуэ щхьэзакъуэ хьэрычэтыщIэу мини 3,5-м щIигъум ягъэлажьэ IэнатIэхэр зэхуащIыжын хуей хъуащ. КъБР-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Мусуков Алий тепсэлъыхьащ «2012 — 2015 гъэхэм КъБР-м хьэрычэт IэнатIэ мыинхэмрэ курытхэмрэ зыщегъэужьыныр, абыхэм ядэIэпыкъуныр» республикэ программэ хэхар зэрагъэзащIэм. А программэр къащтэным япэкIэ, 2007 — 2012 гъэхэм, IэнатIэ мыинхэмрэ курытхэмрэ къызэIузыха хьэрычэтыщIэхэм ядэIэпыкъуным бюджет ахъшэу сом 1 мелардрэ мелуан 340-рэ трагъэкIуэдащ, абы щыщу федеральнэ бюджетым сом мелуан 917,3-р къиутIыпщащ. Бизнес мыинымрэ курытымрэ я Iуэхухэр зэблэзыгъэкI закон лъабжьэхэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм зэрыщрагъэфIэкIуам и гугъу ищIащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Жаным Руслан. Пленар зэIущIэм апхуэдэу къыщыпсэлъащ ХьэрычэтыщIэхэм я хуитыныгъэхэмкIэ уполномоченнэу КъБР-м щыIэ Пархоменкэ Юлие, Шэрэдж муниципальнэ районым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Темиржанов Махъты, прокуратурэм и следователь нэхъыжь Хъурэ Тимур, УФ-м и ХъумапIэ банкым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщIым и къуэдзэ Тутыкъу Мурат сымэ. Къанокъуэ Арсен зэIущIэм хэтахэм я пащхьэ къыщыщыпсалъэм къыхигъэщхьэхукIащ хьэрычэт IэнатIэ мыинхэм зегъэужьыныр экономикэм и къалэн нэхъыщхьэ дыдэу зэрыщытыр икIи республикэм и унафэщIхэм абы гулъытэ хэха зэрыхуащIыр. «Нэгъабэ Урысейр Дунейпсо сату зэгухьэныгъэм хыхьащ икIи къэралым и экономикэр хабзэщIэхэм езэгъыу зэтедгъэувэн папщIэ илъэси 7 диIэу аращ. Ди республикэм и экономикэм и лъабжьэр, ар къыдэзыхыжыну дызыщыгугъыр мэкъумэш хозяйствэрщ. Мы IэнатIэм зэхъуэкIыныгъэ куэд къыщыхъуащ, псом хуэмыдэу жыг хадэхэр гъэкIыным зиужьащ. Сэ шэч къытесхьэркъым пхъэщхьэмыщхьэ къехьэлIэнымкIэ къэралым пэрыт увыпIэ зэрыщыдубыдынум. Абы папщIэ ди деж щыхасэну жыгыщIэхэр дэтхэнэми еврэу 6 еттурэ Италием къидмышу ди питомникхэм щыдгъэкIын хуейщ еврэу 2 нэхъыбэ тедмыгъэкIуадэу», — жиIащ КъБР-м и Iэтащхьэм. Къанокъуэ Арсен къызэрилъытэмкIэ, Дунейпсо сату зэгухьэныгъэм и хабзэхэр нэхъ зэран зыхуэхъункIэ хъунур къуажэ лэжьакIуэхэрщ. Абы къыхэкIыу властым и органхэм я къалэнщ мэкъумэшыщIэхэм я зэфIэкIыр къэIэтыным гулъытэ хэха хуащIыну. «Дэтхэнэ зэпеуэми щынэхъыщхьэр цIыхум и егугъуныгъэрщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым исхэр ижь-ижьыж лъандэрэ гуащIафIэщ, емызэшщ, икIи дэ ди къалэныр абыхэм дадэIэпыкъунырщ»,- къыхигъэщхьэхукIащ Къанокъуэ Арсен. Республикэм и Iэтащхьэм бизнесымкIэ лэжьакIуэхэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ уполномоченнэр къыхуриджащ хьэрычэтыщIэхэм я лъэIухэмрэ тхьэусыхафэхэмрэ нэхъ куууэ хэплъэну. «Иджыпсту хьэрычэтыщIэ мыинхэмрэ курытхэмрэ я лэжьыгъэр тыншкъым. А IэнатIэхэр къызэзыгъэпэщыфхэм лIыгъэ зэрахьэу къэплъытэ хъунущ. Абыхэм я Iуэхур административнэ лъэпощхьэпохэми, кредитхэр икъукIэ зэрылъапIэми къалъахъэ. Абы къыхэкIыу бизнесым и лэжьакIуэхэм зэран яхуэхъун хуейкъым. Дэ абыхэм дяпэкIи зэрытхузэфIэкIкIэ защIэдгъэкъуэнущ», — и псалъэр щиухым къыхигъэщхьэхукIащ республикэм и Iэтащхьэм. КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29585.txt" }
КъБР-м и ТВ-мрэ радиомрэ и нэтынхэр 1 КъБР «Мир» канал Блыщхьэ, бадзэуэгъуэм и 15 7.00 Мультфильм (6+) 7.10 «Хабзэр зыхъумэхэр» (12+) 7.40 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» 8.10 «Iущыгъэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (6+) 8.30 «Хабзэжь хэкужь къранэркъым» (адыгэбзэкIэ) (12+) 9.00 «Ретроспектива». «Приэльбрусье». Телевизионнэ фильм (12+) 9.10 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 18.00 Мультфильм 18.20 «ЩIэблэ». УэрэджыIакIуэ ныбжьыщIэхэм я зэпеуэ (12+) 19.30 «Зэманымрэ цIыхумрэ». КъБР-м цIыхухэм Iуэхутхьэбзэ яхуэщIэнымкIэ и IэнатIэм щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Золотарев Валерэ (16+) 20.00 «ЗэIущIэхэр». КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Теппеев Алим (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 20.30 «Нобэ, пщэдей…». Сирием къикIыжа адыгэхэр. Япэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (12+) 21.10 «ЛIэщIыгъуэм и цIыху». КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ, щIэныгъэлI Нало Заур къызэралъхурэ илъэс 85-рэ щрикъум ирихьэлIэу (адыгэбзэкIэ) (12+) 21.40 ХъыбарыщIэхэр Гъубж, бадзэуэгъуэм и 16 7.00 Мультфильм 7.15 «Гъуэплъыфэ уафэ». Сабийхэм папщIэ спорт тележурнал (12+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 8.00 «Таурыхъым и деж хьэщIапIэ» (балъкъэрыбзэкIэ) (6+) 8.20 «Гупсысэхэр». ЩIалэгъуалэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 8.40 «Уэрэдыр фэеплъ мыкIуэдыжщ». УсакIуэ Гъубжокъуэ Лиуан (адыгэбзэкIэ) (12+) 9.15 «Меркурий» театрым и концерт (12+) 18.00 Мультфильм 18.25 «ЛИК» («Литературэ, гъуазджэ, щэнхабзэ»). Тележурнал (12+) 19.30 «ЦIыхухъухэм папщIэ». Тележурнал (16+) 20.05 «Гъунапкъэхэр». Тележурнал (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 20.35 «Гъэмахуэм» (адыгэбзэкIэ) (12+) 21.05 «Нобэ, пщэдей…». Сирием къикIыжа адыгэхэр. ЕтIуанэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (12+) 21.40 ХъыбарыщIэхэр Бэрэжьей, бадзэуэгъуэм и 17 Сыхьэт 12 пщIондэ лажьэркъым 18.00 Мультфильм (6+) 18.15 «Си гъащIэ — си уэрэд». КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Ульбашев Азнор и пшыхь. ПэщIэдзэр (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 19.30 Мультфильм 19.45 «Прорыв» программэр. КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къущхьэ Хьэсбий (12+) 20.15 «Бэрэжьей пщыхьэщхьэм…». «Тхылъ» ООО-м и унафэщI Шаваевэ Iэминат (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 20.45 «ГуащIэм фIыщIэ пылъщ». Гугъуэт Хьэзрэталий (адыгэбзэкIэ) (12+) 21.25 «Зи чэзу псалъэмакъ» 21.40 ХъыбарыщIэхэр Махуэку, бадзэуэгъуэм и 18 7.00 Мультфильм 7.15 «Зэманым екIуу» программэр (12+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 8.00 «Зэманымрэ цIыхумрэ». КъБР-м и жылагъуэ палатэм хэт Уэрдащэ Александр (16+) 8.30 «Ойнай-ойнай…» ГушыIэ программэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 8.40 «Зэчийм и гъунапкъэхэр». Гуртуевэ Лейлэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 9.00 «Унагъуэ». Къалэжьокъуэхэ я унагъуэр. Псынэдахэ къуажэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 9.35 «Зы уэрэдым и хъыбар» (адыгэбзэкIэ) (12+) 18.00 Мультфильм (6+) 18.15 «Си гъащIэ — си уэрэд». КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Ульбашев Азнор и пшыхь. КIэухыр (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 19.30 Мультфильм (6+) 19.50 «Чемпионхэр». МотокроссымкIэ спортым и мастер Цалиев Михаил (12+) 20.15 «Ташлы-Тала: дыгъуасэ, нобэ, пщэдей» (12+) 20.45 «Насып». Лэжьыгъэм и ветеран Жаппуевэ Зухра (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 21.10 «Ди ЩоджэнцIыкIу Алий». Адыгэ литературэм и классик ЩоджэнцIыкIу Алий и гъащIэмрэ и творчествэмрэ теухуар утыку кърахьэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 21.40 ХъыбарыщIэхэр Мэрем, бадзэуэгъуэм и 19 7.00 Мультфильм (6+) 7.15 «Седьмая скорость». Автомобилистхэм папщIэ тележурнал (12+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 8.00 «Япэ балетмейстер». Дашу Хьэшыр (12+) 8.30 «Дызэгъусэу». ЩIалэгъуалэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 9.05 «Узыншэу фыщыт». Тележурнал (адыгэбзэкIэ) (12+) 9.25 «ЩIыуэпс». Дунейр хъумэным теухуауэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 18.00 «Гъуэплъыфэ уафэ». Сабийхэм папщIэ спорт тележурнал (6+) 18. 30 «ЦIыхухъухэм папщIэ». Тележурнал (16+) 19.30 Мультфильм (6+) 19.50 «Зэчиймрэ IэпщIэлъапщIагъэмрэ». КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Кулиевэ Элизат (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 20.20 «Джэрпэджэж». Тележурнал (адыгэбзэкIэ) (16+) 20.55 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 21.40 ХъыбарыщIэхэр Щэбэт, бадзэуэгъуэм и 20 7.00 Мультфильм 7.10 «Музей» программэр (12+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 8.00 «УэрэджыIакIуэ». Тамбиев Къаспот (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 8.30 «ЩIэныгъэлI». Биологие щIэныгъэхэм я кандидат Хьэтыхъу Iэубэчыр (адыгэбзэкIэ) (12+) 9.10 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 16.10 Мультфильм (6+) 16.25 «Ретроспектива». «Тэрч хьэгъуэлIыгъуэ». Телевизионнэ фильм» (12+) 16.55 «Япэ лъэбакъуэ». ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым и студентхэм даIуощIэ (16+) 17.25 Красногоров Алексей «НысащIэм и пэш». Фильм-спектакль (16+) 18.55 «Iущыгъэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (6+) 19.15 «Ыйыкъ». ХъыбарыщIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ) 19.30 «ЕхьэкI-къехьэкI зыхэмылъ псалъэмакъ». КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ КIыщокъуэ Алим (адыгэбзэкIэ) (12+) 19.55 «Республикэм щыхъыбархэр». ХъыбарыщIэхэр (адыгэбзэкIэ) 20.10 «49-нэ каналым и пощт» (12+) Тхьэмахуэ, бадзэуэгъуэм и 21 7.00 Мультфильм (6+) 7.25 «Утыку». УФ-м щIыхь зиIэ и артист Бапинаев Зариф (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 8.00 «Ыйыкъ». ХъыбарыщIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ) 8.15 «ЦIыкIураш». Сабийхэм папщIэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (6+) 8.35 «Къэжэр Индрис» (адыгэбзэкIэ) (12+) 9.05 «Республикэм щыхъыбархэр». ХъыбарыщIэхэр (адыгэбзэкIэ) 9.20 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 18.00 Мультфильм (6+) 18.10 «Ретроспектива». «Вид с белой горы». Художественнэ фильм (12+) 19.10 «Бгым дэкIхэр». «Безенги» альплагерыр (12+) 19.40 «Гюрен». Спорт программэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 20.10 «Лъэужь». КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ КIыщокъуэ Алим (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.40 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 21.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» КъБР-м и ТВ Блыщхьэ, бадзэуэгъуэм и 15 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ) 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ) 14.30, 17.15, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 18.30 «ЦIэхэр». Къэбэрдокъуэ М. 19.10 «ЦIыхумрэ зэманымрэ». Къардэн В. и гъащIэмрэ и творчествэмрэ Гъубж, бадзэуэгъуэм и 16 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр 9.00 «ЦIэхэр». Къэбэрдокъуэ М. 9.30 «Реалекс» 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ) 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ) 14.30, 17.15, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 18.30 «Зэманым и лъэужь» 19.00 «Унагъуэ альбом» Бэрэжьей, бадзэуэгъуэм и 17 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ) 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ) 14.30, 17.15, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 18.30 «Анэхэмрэ бынхэмрэ». Ток-шоу 19.30 «Литературэм и лъахэ». Махуэку, бадзэуэгъуэм и 18 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр 9.00 «Нобэ япщэфIахэр» 9.30 «Тоути» 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ) 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ) 14.30, 17.15, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 18.30 «Дыгъуасэ. Нобэ. Пщэдей». «Ислъэмей» ансамблыр Мэрем, бадзэуэгъуэм и 19 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр. 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ) 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ) 14.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 17.15 ЩIыпIэ зэман. Кавказ Ищхъэрэм щыхъыбархэр 18.30 «Вояж» Щэбэт, бадзэуэгъуэм и 20 8.10, 11.10, 14.20 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 10.05 «Нобэ япщэфIахэр» 10.40 «Реалекс» Тхьэмахуэ, бадзэуэгъуэм и 21 10.20 ЩIыпIэ зэман. «Тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» 14.20 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр ВГТРК-м и радио Блыщхьэ, бадзэуэгъуэм и 15 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10 7.25 — 7.45 Нало Заур. «Къру закъуэ» (адыгэбзэкIэ). 7.45 — 8.00 Жанатаев Исмэхьил. Концерт «Кърухэм я кIий макъхэр зэхызох» (балъкъэрыбзэкIэ). 10.15 — 10.30 Лесовушкин и щэхухэр. 13.25 — 13.45 «Iуэху куэд щызэфIагъэкI блыщхьэ». 13.45 — 14.00 Концерт (адыгэбзэкIэ). Гъубж, бадзэуэгъуэм и 16 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10 7.25 — 7.45 «Фэр папщIэ». Литературэрэ макъамэу зэхэлъ нэтын (адыгэбзэкIэ). 7.45 — 8.00 Бабаев Ибрэхьим и усэхэм къытращIыкIа уэрэдхэр (балъкъэрыбзэкIэ). 10.15 — 10.30 Таурыхъхэм я ауз (адыгэбзэкIэ). 13.25 — 13.45 Нало Заур. Лъэпкъ прозэм и напэкIуэцIхэр. 13.45 — 14.00 Мыхьэнэшхуэ зиIэ псалъэмакъ. Бэрэжьей, бадзэуэгъуэм и 17 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10 7.25 — 7.45 Уэрэдымрэ абы и тхыдэмрэ (адыгэбзэкIэ). 7.45 — 8.00 Балаев Умар и басняхэр (балъкъэрыбзэкIэ). 10.15 — 10.30 Маммеев Ибрэхьим. «ХьэкIэпычыр хуэфащэ хуозэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 13.25 -13.45 «Лъагъуныгъэм теухуауэ иджыри зэ». Май куейм щыпсэу ныкъуэдыкъуэхэм я зэгухьэныгъэ. 13.45 — 14.00 Бозий Лудин. «Уэсят» (адыгэбзэкIэ) Махуэку, бадзэуэгъуэм и 18 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 10.00, 13.10, 16.10, 18.10 7.10 — 8.00 «Жьырытэдж» (адыгэбзэкIэ). 10.15 — 10.30 Жангуразов Таубий. «Зэрыхьзэрий». 13.25 -13.45 Бетыгъуэн Iэуес и псалъэхэр зыщIэлъ уэрэдхэр (адыгэбзэкIэ). 13.45 — 14.00 Зумакуловэ Танзиля. «Щхьэгъубжэм къыдидз нур» (балъкъэрыбзэкIэ). Мэрем, бадзэуэгъуэм и 19 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10 7.25 — 8.00 «Жьырытэдж». Нэгузегъэужь нэтын. 10.15 — 10.30 «Зы хъуэпсапIэм и тхыдэ». 13.25 — 13.45 «Ууаз». Диным теухуа нэтын (балъкъэрыбзэкIэ). 13.45 — 14.00 «Инджылызыбзэр Джэдгъэф Маринэ и гъусэу зыдогъащIэ». Щэбэт, бадзэуэгъуэм и 20 10.10 — 11.00 «Кавказ пшэплъхэр». 12.10 — 12.25 «КъБР: махуэр махуэм кIэлъыкIуэу». ХъыбарыщIэхэр (адыгэбзэкIэ). 12.25 — 12.40 «КъБР: махуэр махуэм кIэлъыкIуэу» ХъыбарыщIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ). 12.40 — 13.00 Къуиикъуэ Налбий. «Iуащхьэ фIыцIэ». Тхьэмахуэ, бадзэуэгъуэм и 21 10.10 — 10.25 «КъБР: махуэр махуэм кIэлъыкIуэу». ХъыбарыщIэхэр. 10.25 — 10.50 Ныр Мухьэмэд. «ЛIыхъужьищ» (адыгэбзэкIэ). 10.50 — 11.00 Укъызыдэфэ макъамэхэр (адыгэбзэкIэ). 12.10 — 13.00 Театрыр микрофоным Iутщ. Эбзеев Шарафудин. «Огъурлу». (балъкъэрыбзэкIэ). КъБР-м и радио Блыщхьэ, бадзэуэгъуэм и 15 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 13.00, 14.00, 15.00, 16.00, 17.00, 18.00 7.15/13.05 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 7.45/14.50 «Жаншэрхъ» Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.20/16.32 «ЩIэныгъэм я дунейм — зыплъыхьакIуэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.40/14.35 «Лэгъупыкъу». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ). 9.00/18.05 «Зэпсэлъэгъухэр» (урысыбзэкIэ). 9.25/18.30 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ). 10.05 «Утыку» (адыгэбзэкIэ). 10.25/16.05 «Макъамэ яхъумахэр» (адыгэбзэкIэ). 11.05/17.05 «Зэныбжьэгъухэм я гушыIэкIэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.25/17.25 «Уэрэдыр тыгъэ фхузощI» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.48/17.48 «Гюрен». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 12.05/15.35 «Дуней тетыкIэ» (урысыбзэкIэ). 12.25/15.05 «КъехьэкI-нехьэкI зыхэмылъ псалъэмакъ» (урысыбзэкIэ). 14.05-14.35 «Дыхьэшхэным и хъуреягъкIэ» (адыгэбзэкIэ). Гъубж, бадзэуэгъуэм и 16 7.45/14.45 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 8.20/16.30 «Ди хъугъуэфIыгъуэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «Зэманыр, къэхъукъащIэхэр, Iуэху еплъыкIэхэр» (урысыбзэкIэ). 9.20/18.25 «Гукъыдэж» (урысыбзэкIэ). 10.05 «Адыгэхэр: тхыдэр, хабзэр» (адыгэбзэкIэ). 10.50/15.50 «Зэхэфха? Флъэгъуа?» (адыгэбзэкIэ). 11.05/17.30 «Балъкъэр цIыхубэ уэрэдхэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.30/17.05 «Гъэмахуэр нэгузыужь лъэхъэнэщ» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.05/15.30 «Тхыдэм егъэщIылIа Iуэхухэр» (урысыбзэкIэ). 12.25/15.05 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ). 12.45/14.30 «Зи чэзу Iуэхум теухуауэ» (адыгэбзэкIэ). 14.05/16.05 «Макъамэ калейдоскоп» (адыгэбзэкIэ). Бэрэжьей, бадзэуэгъуэм и 17 7.45/14.50 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 8.20/17.05 «Къонгуроучукъ». Сабийхэм папщIэ (балъкъэрыбзэкIэ). 8.45/16.50 «Гюрен». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «Зи чэзу Iуэхум теухуауэ» (урысыбзэкIэ). 9.25/18.25 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ). 10.05/16.05 «ЩIымрэ абы щыпсэу цIыхумрэ» (адыгэбзэкIэ). 10.25/16.20 Концерт (адыгэбзэкIэ). 11.05-11.22 «Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ). 11.30/17.30 «Сэлам алейкум» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.05/15.05 «Гъуазджэм и щIыналъэ» (урысыбзэкIэ). 12.40/15.40 «Кавказым и симфоние» (урысыбзэкIэ). 14.05-14.30 «Уэрэдыр и Iэпэгъуу» (адыгэбзэкIэ). 14.30-14.50 «Усыгъэм и сатыр мыкIуэдыжынухэр…» (адыгэбзэкIэ). Махуэку, бадзэуэгъуэм и 18 7.45/18.43 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 8.20/17.05 «Дэ къытхуэнар» (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «Нэхъыщхьэм теухуауэ кIэщIу» (урысыбзэкIэ). 9.20/15.25 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ). 9.30/15.45 «Псэм и макъамэ» (урысыбзэкIэ). 9.42/15.35 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 10.05/16.05 «Динымрэ гъащIэмрэ» (адыгэбзэкIэ). 10.20/16.20 «Си хэку — си уэрэд» (адыгэбзэкIэ). 10.45-16.45 «ДунейгъафIэ». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ). 11.05/14.05 «Лэгъупыкъу» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.30/17.35«Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ). 12.05/15.05 «Макъамэхэр» (урысыбзэкIэ). 12.30/18.20«Дуней тетыкIэ» (урысыбзэкIэ). 14.30-15.00 «Пшыналъэ». Нэгузегъэужь нэтын (адыгэбзэкIэ). Мэрем, бадзэуэгъуэм и 19 7.45/18.39 «Щэнхабзэм теухуауэ» (адыгэбзэкIэ). 8.20/17.30 «Дыщэ пхъуантэ цIыкIу» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.35/14.05 «Уэсылъэ къуршхэм я макъамэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «ГъащIэ упщIэ» (урысыбзэкIэ). 9.25/15.35 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ). 10.05 «Эфирыр псоми папщIэ» (адыгэбзэкIэ). 10.25 «ФIыуэ тлъагъу макъамэхэр» (адыгэбзэкIэ). 10.45/16.05 «Таурхъан». Сабийхэм папщIэ таурыхъхэр (адыгэбзэкIэ). 11.05/13.50 «Гуапагъэмрэ уахътыншагъэмрэ ятеухуауэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.20/17.05 «Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ). 11.45/17.45 «Гюрен» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.05/15.05 «Гъуазджэм и щIыналъэ» (урысыбзэкIэ). 12.35/18.20 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ). 12.44/18.29 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 14.30/16.25 «Ди гъусэу зывгъэпсэху» (адыгэбзэкIэ). Щэбэт, бадзэуэгъуэм и 20 7.00/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 7.38/13.38 «Вагъуэбэ» (адыгэбзэкIэ). 8.00/15.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/15.25 «Айсурат» (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.00 «Я гулъытэ нэхъыщхьэр зыхуэгъэзар» (урысыбзэкIэ). 9.25/18.25 «Дыщыпсэу дунейм» (урысыбзэкIэ). 9.45/18.45 «Усыгъэм и сатыр мыкIуэдыжынухэр…» (урысыбзэкIэ). 10.00-10.30 «Дэрэжэгъуэ» Нэгузегъэужь нэтын (адыгэбзэкIэ). 10.50/14.50 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 11.00/16.00 «Зэныбжьэгъухэм я гушыIэкIэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.21/16.21 «Топалайчыкъ». Сабийхэм папщIэ (балъкъэрыбзэкIэ). 11.30/16.30 «Iуащхьэмахуэ и щыгум щыIу уэрэдхэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.00/17.00 «Гукъыдэж» (урысыбзэкIэ). 12.44/17.44 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 14.00-14.50 «Радиотеатр» (адыгэбзэкIэ). Тхьэмахуэ, бадзэуэгъуэм и 21 «ХъыбарыщIэхэр». Тхьэмахуэм къэхъуахэр (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 8.00, 10.00, 12.00, 14.00, 15.00, 17.00 7.00/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 7.40/14.40 «Лъэпкъ прозэм и напэкIуэцIхэр» (адыгэбзэкIэ). 8.10/15.10 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.40/15.40 «Гюрен». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.00 «Iуэху нэхъыщхьэм теухуауэ» (урысыбзэкIэ). 9.35/18.35 «Дыщыпсэу дунейм» (урысыбзэкIэ). 9.45/18.45 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 10.10/14.10 «Макъамэ» (адыгэбзэкIэ). 10.40-10.58 «Зыгъэпсэхугъуэхэр, зыгъэпсэхугъуэхэр…» (адыгэбзэкIэ). 11.00/16.00 «Ди хъугъуэфIыгъуэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.10/17.10 «Театрыр микрофоным Iутщ» (урысыбзэкIэ). 13.35-14.00 «Уэрэд, къызэрыфэ пшыналъэ цIэрыIуэхэр» (адыгэбзэкIэ).
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29595.txt" }
Хъыбарыншэу кIуэда Бэрокъуэ Лымэ и кхъащхьэр илъэс 70 дэкIауэ Волгорад щIыналъэм къыщагъуэтыжащ Бахъсэненкэ къуажэм дэс, илъэс 77-рэ зи ныбжь Бэрокъуэ БетIал хъыбар къыIэрыхьащ и адэ къуэшым и къуэ Лымэ, Хэку зауэшхуэм хъыбарыншэу хэкIуэдам, и кхъащхьэр Волгоград областым къызэрыщагъуэтыжам теухуауэ. Бэрокъуэ Лымэ Лымэ хъыбарыншэу зэрыкIуэдам теухуа тхыгъэ и унагъуэм къазэрыIэрыхьэрэ псы мащIи ежэхакъым. Нэхъыжьхэм жаIэжа хъыбархэмкIэщ БетIал Лымэ зэрицIыхур. И теплъэкIэ ар щIалэ псыгъуэ кIыхьт, Iэдэбт, губзыгъэт. ЖыпIэнуракъэ, Бэрокъуэхэ я лъэпкъыр куэдкIэ щыгугъыу апхуэдэт. 1939 гъэм Лымэ ЛУГ-р къиухри Ислъэмей къуажэ школым и унафэщIу лэжьэн щIидзауэ топгъауэ-лъэсыдзэ училищэм еджакIуэ ягъэкIуащ. Мыгувэу Хэку зауэшхуэр къэхъеящ. Лымэ и анэ Шарифэ зэрыжиIэжымкIэ, и щIалэр уIэгъэу сымаджэщым яшащ. ИужькIэ зыкъомрэ и хъыбар къалъэIэсакъым. Адэ-анэр псэуху я къуэм къигъэзэжыным пэплъащ. Абы къишэну хунэмысауэ зауэм хэкIуэдащ, быни къыщIэнакъым. Лымэ къуэшитIрэ зы шыпхъурэ иIати, дунейм ехыжахэщ. И къуэш нэхъыжь Хьэсэни хъыбарыншэу зауэм щыкIуэдащ. Зы къуэ закъуэ къыщIэнати, Астрахань областым дзэм къулыкъу здыщищIэм, зыхэхуа насыпыншагъэм хэкIуэдащ. Къуэш нэхъыщIэ Мухьэд и къуитIыр Бахъсэненкэ щопсэу. Илъэс 70 дэкIыжауэщ лIыхъужьым и кхъащхьэр зыхуэзэ щIыпIэр къыщащIар. Волгоград областым и къэхутакIуэ гупым къабгъэдэкIыу БетIал Лымэ теухуа хъыбар къыIэрыхьат икIи ирагъэблэгъат. Абы щыгъуэм Волгоград кIуэфакъым. ИужькIэ, Бэрокъуэ Лымэ и Iыхьлыхэр къызэралъыхъуэм теухуауэ «Газета Юга»-м къытрадза тхыгъэм БетIал щрихьэлIэм, и къуэрылъхум и гъусэу япэ щIыкIэ Ставрополь крайм хыхьэ Изобильнэ къалэм кIуащ, подполковник Паненкэ Александр зыхуигъэзэну. КъызэрыщIэкIымкIэ, езы Паненкэ и адэшхуэр къыщилъыхъуэм, Волгоград областым щыIэ «Стальное пламя» къэхутакIуэ гупым хэтхэм Лымэ и кIуэдыкIар зэрымыщIэкIэ къыжраIащ. Абыхэм къыхагъэщащ хэкIуэдам и благъэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ нобэр къыздэсым кхъащхьэм зэрыщымыIар. Подполковникым мыгувэу БетIал лъигъэIэсащ ар Привольнэ къутырым хыхьэ Октябрьскэ районым зэрыщыIэр. Васильевскэ къуажэм и школым хэт музейм. БетIалрэ и къуэрылъхумрэ накъыгъэм и 9-м пщэдджыжьым жьыуэ Волгоград нэсащ. Къутырым пэкIу щекIуэкIыу ирихьэлIащ. Ахэр зэрыкIуар гуапэ ящыхъуащ щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэмрэ военкоматым и унафэщIымрэ. Лымэ къыщагъуэта щIытIыр ирагъэлъэгъуащ. Ахэр псори зэIухауэ къагъэнащ, фэеплъ папщIэу. А щIытIхэм цIыху зыбжанэм я къупщхьэ къыщагъуэтажащ. ЩIыпIэм цIыху щыпсэухэм къызэраIуэтэжамкIэ, Лымэ лIыгъэрэ хахуагъэрэ зэрихьэу хэкIуэдащ. Фочауэ дивизэ №126-р Сталинград километр 200-кIэ пэжыжьэу вермахтым и дзэм щыпэщIэтащ. Лымэ зыхэтар нэгъуэщI щIыпIэм ягъакIуэри, дивизэр абдеж къагъэнащ. Къуажэхэмрэ абы къыдэна цIыхухэмрэ нэмыцэхэм щызыхъумэ гупым Бэрокъуэр и унафэщIт. Нэмыцэхэм зыкъомрэ бгъэдыхьэпIэ ирамытауэ, иужьым, танкищым къаухъуреихьри, мэкъуауэгъуэм и 26-30-хэм ди зауэлIхэр япIытIащ. Лымэ игъусахэм ящыщу зы цIыхуи къэнакъым, иужь дыдэу езыр хэкIуэдащ. — ДыщIэкIам и щхьэусыгъуэр къыщащIэм, цIыхухэм нэмысышхуэ къытхуащIащ. Лымэ зыцIыхуу щыта дызэрырихьэлIар сыту гуапэт ди дежкIэ! Си адэ къуэшым и лъэсыдзэр къэмыланджэжу танкым зэрыпэщIэтам теухуа тхыгъэхэр щахъумэ музейм, школхэм дашащ. Хэку зауэшхуэр зэриухрэ илъэс 65-рэ щрикъум ирихьэлIэу Бабичев А. П. «Ты наша боль, погибшая дивизия» тхылъыр къыдигъэкIащ. Ар теухуащ 126-нэ дивизэм и тхыдэм, абы хэта зауэлIхэм зэрахьа лIыгъэм. Тхылъым итщ хэкIуэдахэм я цIэ-унэцIэхэмрэ я сурэтхэмрэ. «Стальное пламя» фэеплъым тетщ лIыхъужьхэм я цIэ-унэцIэхэр. Ныбжь зиIэ бзылъхугъэм Бэрокъуэ Лымэ и къуэшыр къызэрыкIуар щызэхихым, БетIал зригъэцIыхуну кIуат. Зауэ зэманым илъэси 10-12 хъууэ ирихьэлIа цIыхубзым и унагъуэм Лымэ фIыуэ яцIыхуу зэрыщытар, зауэлI хахуэм къыщIэна сурэтыр, фэеплъхэр а щIыпIэм и музейм зэрыщахъумэр къыжриIащ. Ар щIалэ губзыгъэу, лIыгъэ хэлъу игу къызэринэжар БетIал щыхуиIуэтэжым, цIыхубзым и нэпсхэр къыфIекIуащ. ЛIыхъужьыр щыщIалъхьэжащ Васильевкэ къуажэм дэт къуэшыкхъэм. Дивизэм и командирым, хэкIуэдахэмрэ хъыбарыншэу кIуэдахэмрэ я фэеплъхэр щхьэхуэщ. Абы щагъэува «Стальное пламя» фэеплъ иным тратхащ хэкIуэдахэм я цIэ-унэцIэр, Лымэ и цIэри абы тетщ. Ари зрагъэлъэгъуащ БетIалрэ и къуэ- рылъхумрэ. ШколакIуэхэм, Привольнэ къуажэм щыпсэухэм БетIал фIэхъус кърахащ, гуапэу я унэ ирагъэблэгъащ, пщIэшхуэ къыхуащIащ. ЩIыналъэм и хъыбарегъащIэ IэнатIэхэми гулъытэ хуащIащ ар Къэбэрдей-Балъкъэрым икIыу и къуэшым и кхъащхьэм зэрыкIуам. ЩIыпIэм къыщыдэкI газетхэм абы теухуа тхыгъэхэмрэ сурэтхэмрэ къытрадзащ, телевиденэм нэтын игъэхьэзыращ. Лымэ и кхъащхьэм зэрыкIуэрэ БетIал и гур куэдкIэ нэхъ псэхужащ. Ар зэрыса щIытIым къыщагъуэтыжа Iэщэхэр, гъущI пыIэр, шэхэр, нэгъуэщI Iэмэпсымэхэр къратыжащ. БетIал а фэеплъхэр Налшык и Лъэпкъ музейм Iэригъэхьэнущ. БетIал Лымэ и кхъащхьэр зэрызэригъэлъэгъуар, и къуэрылъхури абы зэрыздишар щапхъэщ щIэблэм мамыру дызэрыпсэур зи фIыщIэхэр ящымыгъупщэнымкIэ. УсакIуэ Зэгъэщтокъуэ Людэ Бэрокъуэ Лымэ зэрихьа лIыгъэм теухуауэ итха усэщ адэкIэ фыкъызэджэнур. Привольнэ къуажэм дэсхэм Бэрокъуэ Лимэ хуаухуа фэеплъым деж. Иухащ Хэку зауэшхуэр, гуауэр тхыдэм хыхьащ. Ди адэжь-ди лъэпкъыжьхэм я псэр хьэршым кIуэжащ. Ауэ ноби къащыпыр хьэдэ къупщхьэу къэнар, Ди Хэку ин и губгъуэщIым игъэпщкIуауэ щытар. Къагъуэтыж гъущI пыIэжьу ди зауэлIхэм ящыгъар, Шэм тетхауэ зыщыщхэр, лъэпкъ унэцIэу яIар. Мис зы щIалэ аргуэру щIы фIыцIэжьым къыщIах, Къэбэрдейм и къуэ пэжу хъыбарыншэу щытар. Ар Бэрокъуэхэ Лымэщ, зы взвод псом и пашащ, Япэувхэри танкхэм, псэр ятыху езэуащ. Хьэдэ къупщхьэу къащыпхэр ныбжькIэ щIалэу щытащ, Зи къэшэгъуэ къуданхэм я псэр танкхэм щIаващ. Ноби щыIэщ лIыхъужьхэр, тхыдэ лъабжьэр къатIэщI, Еш ямыщIэу Хэку папщIэ псэр зытахэр къащып. ЛIыгъэм иIэкъым кIуэди, къохъу сэтей ар зэгуэр, ЩIылъэ-анэр гуIэжу ихъумар къыдетыж. Къэсейхьэблэ щыщ щIалэр щIэлъщ Васильевкэ щIым, Къыхуэщыгъуэу щиху инхэр, мэхъу я гъыбзэри щым. Лымэ щIалэурэ хахуэм уи хьэдащхьэм бгъэдэтщ, Уи лъэпкъ къуэш и нэхъыжьу илъэс блыщIым щIигъуар. Лъэпкъ и тхыдэр ищIэну и къуэрылъхур дыщIыгъущ, Уэ уи гъащIэм къыпищэу бэм хихьэнущ уи гугъу. Хэку къахьыж уи фэеплъхэр, напIэм нэпсыр тоткIухь: «Хъыбарыншэу кIуэдахэм, уахэтыжкъым, си къуэш…» МэIущащэ БетIали… жьыбгъэм псалъэр Iэпех. Ирехьэжьэ уэрэду, уи нур кIапэр къыхех. … Лымэ, Лымэ, ди щIалэ, илъэс блыщIым нэсау, Ихъумащ щIым уи тхыдэр, игъэпщкIуауэ уи хьэдэр. ЛIыгъэм кIуэдкъым уи щIыхьыр, лъэпкъ псэуху упсэунщ, Жей, ди щIалэурэ хахуэ, дэ уи щIыхьыр тхъумэнщ. ТЕКIУЖЬ Заретэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29597.txt" }
Унагъуэ нэхъыфIхэм я жьэгухэр илъэсищэ бжыгъэкIэ иреблэ! Ди газетым зэрытетащи, бадзэуэгъуэм и 8-м республикэм и къалащхьэмрэ районхэмрэ щагъэлъэпIащ Унагъуэм, лъагъуныгъэм, зэхуэпэжыным и урысейпсо махуэр. Унагъуэ быдэхэр Налшык щагъэлъапIэ. Махуэшхуэм ирихьэлIэу, Налшык къалэ администрацэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр зыгъэзащIэ Кладько Игорь «Лъагъуныгъэмрэ зэхуэпэжынымрэ папщIэ» медалыр иритащ илъэс 25-м щIигъуауэ зэдэпсэу зэщхьэгъусибгъум. Унагъуэ быдэ зэраухуам, щIэблэфI зэрагъэсам папщIэ ахэр республикэм исхэм къацIыхуащ. Апхуэдэ медаль зыхуагъэфэщахэм ящыщщ илъэс 35-рэ хъуауэ и щхьэгъусэ Людмилэ бгъэдэс, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Темыркъан Петр, зэрызэдэпсэурэ илъэс 60 зэрырикъур зыгъэлъэпIахэу Занкишиевхэ Кёккёзрэ Зоерэ, Налшык къалэ администрацэм ЕгъэджэныгъэмкIэ и департаментым и унафэщIым и къуэдзэ Борчаев Чэмалрэ и щхьэгъусэ ФатIимэрэ, нэгъуэщIхэри. Ахэр ягъэлъэпIа нэужь, Налшык ХьэтIохъущокъуэм хадэм щыхузэхаша гуфIэгъуэ концертым ирагъэблагъащ. Лэскэн щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ Кебеков Валерэ «Лъагъуныгъэмрэ зэхуэпэжынымрэ папщIэ» медалыр щапхъэ зытрахыу къалъыта унагъуитхум тыгъэ яхуищIа нэужь, зэщхьэгъусэхэм захуигъэзащ: — Сабий творчествэмкIэ центрхэр, школхэр, спортзалхэр дыухуэ пэтми, сабийр зеиншэхэм адэ-анэ, унагъуэ ягъуэтмэщ насыпыфIэ щыхъунур. Фи унагъуэхэм я жьэгу мафIэр зэхэвмыгъэкIыжу зэрыфхъумэм папщIэ Тхьэм фигъэп- сэу. НэхъыфIу мы гъэм къалъыта унагъуэхэм ящыщщ арщыдандэс Сэбаншыхэ Хьэзрэталийрэ Светланэрэ, Хьэтуей щыщ Мэшыкъуэхэ Аслъэнбийрэ Еленэрэ, Ташлы-Тала дэс Гузиевхэ ТIэхьиррэ Разиятрэ, Анзорей щыпсэу Мэкъей СулътIанрэ Светланэрэ, Лэскэн ЕтIуанэ къыдэкIахэу Гелоевхэ Зауррэ Ранетэрэ. Медалыр зыхуагъэфэща мы зэщхьэгъусэхэр я IэщIагъэкIэ, къащIэхъуа бын бжыгъэкIэ, зэрызэдэпсэурэ зэрыхъу илъэсхэр зэхуэмыдэми, унагъуэр псом я щхьэу къызэралъытэм, зэщхьэгъусэхэм яку пщIэрэ нэмысрэ зэрилъым зэкъуегъэувэ. Бахъсэн районым щагъэлъэпIа зэщхьэгъусэхэр. Лэскэн щIыналъэм щагъэлъэпIахэм хъуэхъу куэд хужаIащ, концерт гукъинэж ирагъэплъащ. Бахъсэн районми щагъэпэжащ зэрызэдэпсэурэ илъэс 35-м щыщIэдзауэ 70-м нэблэгъа унагъуэ зыбжанэ. Апхуэдэхэщ, Кыщпэк щыщ Елъыхъухэ, ислъэмейдэс Хъурзокъуэхэ, Жанхъуэтекъуэ къыдэкIа Соттаевхэ, Куба щыщ ДыщэкIхэ, Бахъсэненкэ щыпсэу Къетыкъуэхэ я унагъуэхэр. Абыхэм я гуфIэгъуэр даIэтащ «Кавказ», «Нур» ансамблхэм, щIыпIэм ис къэфакIуэ, уэрэджыIакIуэ ныбжьыщIэхэм. ГуфIэгъуэ зэхыхьэм ирагъэблэгъахэмрэ зыкърезыгъэхьэлIахэмрэ «Петррэ Феврониерэ» фильмым ирагъэплъащ. Къыхэгъэщыпхъэщ, абы хэт лIыхъужьхэм я образыр пэж дыдэу гъащIэм щыпсэуа Петррэ Феврониерэ къызэрытращIыкIар, а тIум яку дэлъа лъагъуныгъэмрэ зэрызэхуэпэжамрэ хъыбарыр къызэрытехъукIар. Шэджэм район администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Iэрыпщ Жаннэ щIыналъэм ис унагъуэ нэхъыфIхэм «Лъагъуныгъэмрэ зэхуэпэжынымрэ папщIэ» медалымрэ саугъэтхэмрэ яритащ. Район администрацэм и Iэтащхьэ Бакъ Руслан и цIэкIэ ар зэщхьэгъусэхэу Щоджэнхэ Мухьэмэдрэ Светланэрэ, Алишановхэ АлисулътIанрэ Полинэрэ, Махараевхэ Мажиррэ Любоврэ, Къарэмырзэхэ Хьэсэнрэ Джульеттэрэ, Хьэшырхэ Валерэрэ Лидэрэ ехъуэхъуащ. ЯгъэлъапIэ унагъуэхэм Iэнэ берычэт къыхуащтащ. Абыхэм я нэгу зрагъэужьащ «Шэджэм псыкъелъэхэр» цIыхубэ ансамблым и уэрэджыIакIуэхэмрэ районым ис артистхэмрэ. «Лъагъуныгъэмрэ зэхуэпэжынымрэ» жылагъуэ дамыгъэр Тэрч щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ КIэрэф Мурадин унагъуитхум яритыжащ. Апхуэдэхэщ Даниловхэ Иванрэ Антонинэрэ (Тэрч къалэ), Дэжыгхэ ФIыцIэрэ Розэрэ (Арыкъ къуажэ), Семэнхэ Хьэзрэтрэ Нинэрэ (Терекскэ), Хьэмыкъуэхэ Уэджидрэ ХьэIишэтрэ (Дей). КъыжыIапхъэщ, Данилов зэщхьэгъусэхэр зэрызэдэпсэурэ илъэс 61-рэ мы гъэм зэрырикъур зэрагъэлъэпIар, лIыгъэрэ хахуагъэрэ зэрызэрихьам папщIэ Иван Хэку зауэшхуэ орденым и етIуанэ нагъыщэмрэ медалрэ къызэрыхуагъэфэщар. КъищынэмыщIауэ, мы зэщхьэгъусэхэр Тэрч налмэс Iэмэпсымэ заводым илъэс 40-м щIигъукIэ щызэдэлэжьащ. Абыхэм бынитI, къуэрылъху-пхъурылъхуу 8, абыхэм я быныжу 7 къащIэхъуащ. Зэрызэдэпсэурэ илъэс 60 зэрыхъур нэгъабэ зыгъэлъэпIа Дэжыг зэщхьэгъусэхэм бынитху зэдапIащ, гъуэгу захуэ трагъэуващ. Семэнхэ Хьэзрэтрэ Нинэрэ я бынихыр хьэл-щэныфIэу ягъэсащ, Киштиков зэщхьэгъусэхэр зэрызэдэпсэурэ мы гъэм илъэс 25-рэ зэрырикъур ягъэлъэпIащ. Адыгэ хабзэм щIэблэр щыщIапIыкI унагъуэм и щапхъэу къалъытащ Хьэмыкъуэхэ Уэджидрэ ХьэIишэтрэ я жьэгур. Унагъуэм, лъагъуныгъэм, зэхуэпэжыным и махуэр Май районми щIэщыгъуэу икIи гукъинэжущагъэлъэпIащ. ЩIыналъэм и ЩэнхабзэмкIэ унэм и лэжьакIуэхэм къызэрагъэпэща «мэрем пшыхьым» цIыкIуи ини зэхуишэсащ. Ахэр концерт дахэ ирагъэплъащ. Фильмхэмрэ уэрэдхэмрэ фIыуэ зылъагъухэм папщIэ вик-торинэмрэ лотереемрэ хэтащ, зэщхьэгъусэхэм папщIэ зэпеуэ гъэщIэгъуэнхэр зэхашащ. ГуфIэгъуэ зэхыхьэм кърихьэлIахэм я нэгу зрагъэужьащ «Максимум», «Хорошие девчата», «Феникс» уэрэджыIакIуэ, къэфакIуэ ансамблхэм. БЖЬЫХЭЛI Розэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29604.txt" }
Рэмэзан зыри къытекIуакъым Карпаты къалэм (Украинэм) бэнэкIэ хуитымкIэ ныбжьыщIэхэм я дунейпсо зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ. Абы хэтащ Урысейм, Украинэм, США-м, Азербайджаным, Молдавием икIа спортсмен 250-рэ. ГуащIэу екIуэкIа зэхьэзэхуэм зэфIэкI лъагэ къыщигъэлъэгъуащ Шэрэдж куейм щыIэ Сабий-ныбжьыщIэ спорт школым и гъэсэн, Бабугент щыщ Аттасауов Рэмэзан. Ар зэпеуэм хуагъэхьэзыращ тренерхэу Бозиев Исхьэкърэ Атабиев Магомедрэ. ЦIыху 30 пашэныгъэм щыщIэбэна килограмм 38-рэ зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм ди щIалэм фIы дыдэу бэнэгъуитху щрихьэкIащ. Япэу хигъэщIащ американ спортсменыр, къыкIэлъыкIуэ текIуэны- гъэр къыфIихьащ Осетие Ищхъэрэ-Аланием и лIыкIуэм. ИтIанэ ар ефIэкIащ Украинэмрэ Азербайджанымрэ я бэнакIуэхэм. КIэух зэпеуэм Рэмэзан хьэрхуэрэгъу къыщыхуэхъуащ Молдавием и лIыкIуэр. Илъэс кIуам къыхэзыгъэщIауэ щыта бэнакIуэм ди щIалэм иджы текIуэныгъэр къыфIихьыжащ. Шэрэдж муниципальнэ куейм и щIыпIэ администрацэм и пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29610.txt" }
Дэрэжэгъуэр зыIэт зэпеуэ 2014 гъэм Сочэ щекIуэкIыну XXII Олимп джэгухэм хуэгъэпсауэ ирагъэкIуэкIа къызэдэжэм Бахъсэн куейм и школакIуэ 200 хэтащ. Метр 1000-р къэжынымкIэ зэпеуэр я ныбжь елъытауэ 6-уэ гуэшауэ щытащ. «ТекIуэныгъэм хущIэкъухэм яку дэплъагъуэрт зэхьэзэхуэ телъыджэ», — жиIащ Бахъсэн куейм спортымкIэ и комитетым и унафэщI Гъузий Мухьэмэд. ЕхъулIэныгъэ зыIэрызыгъэхьахэм КъБР-м Спортымрэ туризмэмкIэ и министерствэм и щIыхь тхылъхэмрэ медалхэмрэ иратащ. Алокъуэ Аринэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29612.txt" }
Зи лэжьыгъэм хуэгумызагъэ, хуэIэкIуэлъакIуэ КъБР-м и цIыхубэ артист Къуныжь Алим и ныбжьыр илъэс 65-рэ ирокъу Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ артист Къуныжь Алим къыщалъхуар Джэрмэншык и ищхъэрэкIэ щыIа Дахэпсынэ къуажэ цIыкIурщ. Жылагъуэр псым ихьу щыхуежьэм, абы дэс цIыхухэри къыдэIэпхъукIауэ щытащ, жылэри хэкIуэдэжащ. Япэ классым Алим 1956 гъэм щIэтIысхьащ. Арщыдан курыт школым зы илъэс щеджауэ, унагъуэр Хьэтуей къуажэ Iэпхъуащ. АрщхьэкIэ илъэс зыбжанэ дэкIауэ Къуныжьым Арщыдан къигъэзэжащ икIи курыт еджапIэр абы 1966 гъэм къыщиухащ. А илъэс дыдэм Налшык музыкэ училищэм щIэтIысхьащ. Къуныжь Алим Макъамэм и гур къыхуэмыушынкIэ Iэмал иIакъым абы: артистым и анэр лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэм еуэрт, и адэр адыгэ уэрэдыжьхэмкIэ Iэзэт. КъищынэмыщIауэ, уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Къуныжь Хьэждал, благъэми, унагъуэм сыт щыгъуи щыхьэщIэ лъапIэт. Алим и цIэр зэрыфIащами хъыбар кIэщI иIэщ. КIыщокъуэ Алим хуэдэ цIыху цIэрыIуэ Iыхьлыуэ уиIэу дауэ фIумыщынрэт абы и цIэр щIалэ къыпхэхъуам?! Училищэм щеджэу Къуныжьым Музыкэ театрым лэжьэн щыщIидзащ. Уэрэд зэрыжиIэм зыкIи къыкIэ- рымыхуу, абы фIыуэ къехъулIэу къыщIэкIащ гушыIэ спектаклхэри. Япэ щIыкIэ Алим и закъуэу, итIанэ, 1992 гъэм къыщыщIэдзауэ, Думэн Мурадинрэ абырэ зэгъусэу гушыIэм и пшыхьхэр къызэрагъэпэщ хъуащ. Артистым дыхуэзащ дехъуэхъуну, икIи ди упщIэхэм жэуап къредгъэтыну. Къуныжь Алим: Махуэ псом зы псалъэ жызмыIэнри хэлъщ — Алим, республикэм исхэм укъызэрацIыхур уи гушыIэхэмкIэщ. А гушыIэр зэпымыууэ пхэлъу укъэгъуэгурыкIуа? Къапщтэмэ, сыт хуэда уи сабиигъуэр? — Илъэс 65-рэ къэзгъэщIащи, сабиигъуэмкIэ сыIэбэжмэ, а зэманыр IэфIуи дахэуи щытауэ схужыIэнукъым. Пэжщ, шхыным дыхуэлIакъым, щыттIэгъэни дгъуэтащ, ауэ нобэрей сабийхэм хуэдэуи дыкъэхъуакъым. Иджыпстурей ди щIэблэр нэхъ сымаджэрилэ хъуауэ фэ изоплъ. Дэ щыгъуэ гъэмахуи щIымахуи пщIантIэм, хадэм дыщылажьэрт. Унэ жьауэм дыщIэс хъуну тщIакъым. Сабэм лъапцIэу дыхэтрэ ди лъапэ пыдудыжамэ, пшахъуэ тIэкIу теткIутэрэ адэкIэ лэжьыгъэм пытщэжу щытащ. Мы зэманым-щэ? Зэ къепсамэ, унагъуэм ису хъуар зэхуосыжри, сабийр драхьей-кърахьэх, хущхъуэм IэмыщIэкIэ ирагъафэ. ЖысIэнуращи, я Iэпкълъэпкъыр быдэу япсыхьыркъым. Сыт абы и Iэмалыр жыпIэмэ, лэжьыгъэрщ… Иджы гушыIэм теухуауэ. Мыр лэжьыгъэ Iуэхуращ. Си сабиигъуэми щIалэгъуэми апхуэдэ хьэл схэлъакъым, уеблэмэ иджыпстуи сигу къыхуэкIыххэкъым. Нэхъыбэж жысIэнщи, махуэ псо сыщыгъэси, зы псалъэ жызмыIэнри хэлъщ. Ауэ ныбжьэгъум уащыхэсым угушыIэнщ, дауи. — Музыкэ театрым илъэс куэд хъуауэ ущолажьэ. Уигу къинэжауэ сыт хуэдэ лэжьыгъэ щыпщIа? Апхуэдэуи утезгъэпсэлъыхьынут а IуэхущIапIэм нобэ иIэ мыхьэнэм. — Си лэжьыгъэр щэ бжыгъэкIэ къэббжмэ, абы и процент тIощIыр си гушыIэхэращ, пщIейр Музыкэ театрым илъэс 43-рэ хъуауэ щызгъэзащIэ ролхэращ. Ахэр си дежкIэ лъапIэщ. Спектакль зэмылIэужьыгъуэу 100-м щIигъум сыщыджэгуащи, нэхъ фIыуэ слъэгъуауэ згъэзэщIа ролхэри абыхэм хэтщ. ФщIэ къыщIэкIынщ: «Свадьба в Малиновке» спектаклым сэ Папондополэу илъэс 25-кIэ сыщыджэгуащ. Ар цIыкIуи ини зымылъэгъуа щыIэжу къыщIэкIынкъым. Совет Союзыр къызэхэткIухьу а спектаклыр дгъэлъагъуэу щытащ. КъищынэмыщIауэ, «Цыджан барон»-м Стефан и ролыр, мыдэкIэ адыгэ спектаклхэу «Гум и щэху» жыхуиIэм — Хьэнэхъу, «Хьэбалэрэ Хьэбашэрэм» Хьэбашэ сымэ я ролхэр сигу къинэжу згъэзэщIащ. Мы иужьрей илъэсищым Музыкэ театрым и Iуэхур Iейуэ дэдзыха хъуащ. Ар тэмэму къызэрызэмыгъэпэщам къыхэкIкIэ, адыгэ, балъкъэр театрхэм зэманкIэ пэш къеIытхыурэ спектаклхэр дгъэлъагъуэу аращ. Зыщыдгъэхьэзырми аращ, бэджэнду пэш къыдощтэ. Езы театрым и мыхьэнэр, къапщтэмэ, инщ, а ныкъусаныгъэхэр мыхъуатэмэ. Мыбы республикэм и уэрэджыIакIуэ пажэхэри артистхэри щолажьэ, балигъми сабийми я гукъыдэжыр къаIэту. ЖысIэм и щыхьэтщ концерт гукъинэжхэр. Сабийхэм папщIэ спектакль цIыкIухэр-щэ?! Уасэ яIэкъым. Дагъыстэным, Ставрополь крайм тшэурэ къыщыдгъэлъэгъуащ ди лэжьыгъэхэр. Ауэ, зэрыжысIащи, зы утыку хуиту уимыIэмэ, гугъущ. Театрым и мыгъэрей лэжьыгъэр «Аидэ» оперэмкIэ зэхуищIыжынущ. АдэкIэ фIым дыщыгугъынщ. — Артистым ехъулIэныгъэфI зыIэригъэхьэн щхьэкIэ, псом япэу ищIапхъэр… — Еджэн хуейуэ аращ. — Талантыр-щэ? — Ар Тхьэм къыпхимылъхьамэ, пэжщ, уеджэкIи сэбэп хъуну къыщIэкIынкъым. Ухуеджэ хъунущ а Iуэхум уи гур етауэ, урилэжьэфынри хэлъщ, ауэ лъагапIэм унэсыным шэч къытызохьэ. — ЦIыхум и гъащIэм нэхъыщхьэу щиIэр унагъуэмрэ лэжьыгъэмрэщ. Дэтхэнэм сыт хуэдэ увыпIэ ептрэ? — Псом япэр унагъуэращ, итIанэ лэжьыгъэрщ. Илъэс 43-рэ иримыкъу дызэдэпсэуащ си щхьэгъусэмрэ сэрэ. Дунейм ехыжащ иджыблагъэ. Зы хъыджэбзрэ зы щIалэрэ зэдэтпIащ, едгъэджащ. Уи IэщIагъэмкIэ языхэз бгъэкIуа жыпIэмэ, згъэкIуакъым. Сэ си щхьэкIэ згъэунэхуащ артистым и лэжьыгъэр зэрымытыншыр. Ар псом хуэмыдэу зэпхар нобэрей зэманым мыхьэнэшхуэ зэтт хъуа, зумытуи мыхъу ахъшэр къызэрыпэмыкIуэрщ. Унагъуэр зыхуей хуэзэу бгъэпсэун хуейкъэ?! А IэщIагъэр псэкIэ къыхыумыхамэ, абдеж псори щылъэлъэжынущ. Хъыджэбзыр Москва щыIэщ, щолажьэ. ЩIалэм Москва къэрал юридическэ академиер къиухащ, зэрылажьэр модельер-стилистущ. Iейми фIыми сыкъыхэзышыр сэ лэжьыгъэращ. Сигури си псэри етауэ сыхэтщ абыи, Iэпэдэгъэлэл адрейхэм щащIкIэ сигу техуэркъым. Сылэжьэну сфIэфIщ, слъэкIыхукIи театрыр сыбгынэнукъым. — Сыт хуэдэ Iуэху къыплъыкъуэкIами, «мис мыбы себэкъуэфынкъым» жыпIэу, хэхауэ зыгуэр ущиIэ «уи дунейм»? — Адыгэ хабзэр. Аращ узытекI мыхъунур. Ар дуней тетыкIэри, Iуэху еплъыкIэри зыубзыхуащ. Хабзэм утетмэ, ущыуэнукъым, гущIэгъу пхэлъынущ, нэхъыжьымрэ нэхъыщIэмрэ пщIэ хуэпщIынущ, уэри ар къыплъысыжынущ. — Театрым нэмыщI, нэгъуэщI сыт хуэдэ Iуэхугъуэхэм удихьэхрэт уи щIалэгъуэм? — Сурэт сщIырт, тхылъ седжэну сфIэфIт. ГушыIэ пшыхьым. 2010 гъэ Дау Марианнэрэ Къуныжь Алимрэ Кальман Имре и «Марицэ» опереттэм хэтщ. 1987 гъэ — Думэн Мурадин и театрым ухэтщ. Сыт хуэдэ къалэнхэр зыхуэвгъэувыжрэ, Алим? ЦIыхум я гум фынэсу къыпщыхъурэ? — Мурадин сэрэ куэд щIауэ дызэдолажьэ. Ипэ махуэхэм къыщыщIэдзауэ дызэгупсысри дызэлэжьри цIыхур ауэ дгъэдыхьэшхыу зэбгрыдгъэкIыжынракъым, атIэ а утыку къитхьэм зы дерс гуэр къыхедгъэхынращ. Гъуджэм иплъэу залъагъуж хуэдэу умыщIынумэ, ущIэгушыIэни, утыку укъыщIихьэни щыIэу сщIэркъым. — ГушыIэхэр дэнэ къикI- рэ? — Дыхьэ къалэм, ирикIуэ уэрамхэм, бэзэрым техьэ, шхапIэ, тыкуэн гуэрхэм щIыхьэ… Махуэ къэс езы цIыхухэм дызыщIагъэдэIу защIэщ гушыIэр къэзыгъэхъужыр. Е жылагъуэ транспорт итIысхьи, ухуей-ухуэмейми, Iэджэ зэхыуагъэхынущ. ГъащIэрщ ар къызыхэкIыр… Зэрыплъэгъуа, зэрызэхэпха дыдэм хуэдэу щыпхужымыIэжи къохъу ар, ауэ гушыIэр-гушыIэщ гъэщIэрэщIэжауэ щытын хуейщ. А плъэгъуам зыгуэр тIэкIуи щIыбогъуж, зэхыболъхьэжри, хьэзырщ, утыку къихьэ! — Шэч хэлъкъым гушыIэр дызэрищIасэм. «ГушыIэкIэ зымыщIэр IэштIымкIэ мауэ», зэрыжаIэм тепщIыхьмэ, ар икIи узыхуэсакъыпхъэу къыщIэкIынщ. — ЩыIэщ хамыщIыкIIами, гушыIэну иужь ихьэхэр. Апхуэдэм деж цIыхум жиIэр, езым гу лъимытэжу, делагъэ щыфIэхъу къохъу. Абы хуэсакъыпхъэщ. ГушыIэ псори зэщхькъым. ГушыIэ бзаджэ щыIэщ, укъиуIэным хуэдэу гум кIуэцIыхьэу. Щхьэдалъэфэхыуи урохьэлIэ абы. Ауэ, адыгэ псалъэжьым къызэрыдгуригъаIуэщи, гушыIэр къызыгурымыIуэм и IэштIымри хьэзырщ. — Узыгъэдзыхэ щыIэ? — Абы теухуауэ зы Iуэху закъуэ: сыхуейт куэдым IэщIыб ящIа ди хабзэм я гупэ хуагъэзэжыну. Адыгэр щапхъэ зытрах лъэпкъщ. Сыт абы апхуэдэ пщIэ щIиIэр? И хабзэрщ. Ди япэ ита нэхъыжьыфIхэм нэмысрэ хабзэу яхэлъам хуэдиз щIалэгъуалэм зыхалъхьэжу щIадзамэ, сыту насыпышхуэт! Уи бгъэм утеуIуэрэ «сэ сы-адыгэщ» жыпIэ къудейкIэ зэфIэкIкъым, абы щхьэкIэ бзэ, нэмыс, хабзэ ббгъэдэлъын хуейщ. — Алим, нтIэ, адыгэлI, адыгэ пщащэ зыхужыпIэ хъун урихьэлIэжыркъэ мы зэманым? — СрохьэлIэ, Алыхьым и шыкуркIи мымащIэу. Зыкъым, тIукъым — сызыщыгуфIыкIыр араи ухуеймэ… АдыгэлI жытIэмэ, ар ирекъарууфIэ, ирекъарусыз, псом нэхъыщхьэр а адыгагъэращ. АдыгэлIым гу щабагъи хэлъын хуейщ, апхуэдэ дыдэуи гу быдэуи щытыпхъэщ, узыхэхуэ Iуэхум елъытауэ. ЩIалэ Iущыр, зэтеубыдар, жаныр — мис аращ адыгэлIыр. Пщащэхэм гупсысэ куу зыщIэлъ зы псалъэт къахухэзгъэщынур — нэмыс. СызэригугъэмкIэ, абы фIагъ псори къызэщIеубыдэ. — КъыдэкIуэтей ди артист ныбжьыщIэхэм республикэм зыщаужьыфыну къыпщыхъурэ? Сыт хуэдэ чэнджэщ абыхэм ептынт? — Артистыр цIыхухэм къахэщу сыт щыгъуи щытын хуейщ: и зыхуэпэкIэкIи, и псалъэкIэкIи, и зыIыгъыкIэкIи. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, нобэ апхуэдэу артистым пщIэ иIэжкъым, и улахуэри мащIэ хъуащ. А псом къыхэкIкIэ а IэщIагъэм хуеджэну зигу илъри куэд хъужыркъым. Гугъущ, хэплъэгъуэщ Iуэхур, ауэ сызэригугъэмкIэ, апхуэдэу щытынкъым. Гугъэр адэ щIэинщ, жиIакъэ адыгэм… ди артист ныбжьыщIэхэм хэхъуэ яIэну, я пщIэмрэ нэмысымкIэ адрейхэм къахэлыдыкI хъуну согугъэ. Чэнджэщыр къызэрыгуэкIщ: таланткIэ Тхьэр зыхуэупсар тIэкIу зэгугъужрэ абы щIэныгъэр хилъхьэжмэ, лъагапIэм нэсынущ. — ГушыIэ спектаклхэмкIэ къэдгъэзэжынщи, абы еплъ цIыхум гукIи псэкIи зегъэпсэху, нэжэгужэ къохъу… Утыкум ит артистыр-щэ? Гугъу ехьрэ? — Ди лэжьыгъэр зыфIэтынш куэдым урохьэлIэ… Пэжщ, дэ фIамыщIи къыщIэтхыркъым, къарукIи дылажьэркъым, ауэ итIани, утыкум гуфIэжу зыкъыщызыгъэлъэгъуа артистыр дакъикъэ дэкIа нэужь, ар бауэкIэщI хъуауэ, пщIэнтIэпсыр къыпыхуу зэрыщытыр зэ къалъэгъуатэмэ, мы Iуэхум нэгъуэщIынэкIэ еплъынут. — Зы гъащIэ Iыхьэ къэбгъэщIащ, уи дыгъуасэм ухуэарэзыж, Алим? ПхузэфIэкIыну щытамэ, сытыр пхъуэжынт? — СлъэкIами, зыри схъуэжынутэкъым. Си щIыбагъкIэ къэна гъащIэми сыхуэарэзыжщ. Сызэрыт ныбжьым урегъэгупсыс: Iейми фIыми иджыри сыт схузэфIэкIыну, сыт хуэдизрэ сылэжьэфыну, сылажьэми, сыт хуэдэ хэлъхьэныгъэ хуэсщIыфыну гъуазджэм, лъэпкъым сыткIэ сыхуэщхьэпэну?! Ахьей, илъэс 30-м ущитым пхуэщIэу щытам хуэдиз уи ныбжьыр илъэс 65-м нэсауэ пхуэмыщIэжын, ауэ, зэрыхъукIи, сэбэп дыхъунщ, щIэблэм зы щапхъэ гуэр ттрахын папщIэ. Къапщтэмэ, ди нэхъыжь утыкум итахэр дэркIэ плъапIэу щытащ. «Сэ сы-артист хьэзырщ, унафэ къыщIысхуащIыни щыIэкъым» жызыIэфхэр, фи фIэщ фщIы, кIэухым хуэкIуэу аращ. Артистым махуэ къэс зы щIэ гуэр къилъыхъуэу, зыхилъхьэу щытын хуейщ, зиузэщIын папщIэ. — Алим, ди тхакIуэ-усакIуэхэм ящыщу хэт и IэдакъэщIэкI къытебгъэзэжу уеджэрэ? — Иджыпсту къалэмыр зыIыгъхэм сыдэзыхьэх яхэткъым. Сызэджэр ЩоджэнцIыкIу Алий, КIыщокъуэ Алим, Нало Ахьмэдхъан, Нало Заур сымэ я IэдакъэщIэкIхэрщ. Сэ адыгэбзэр сэр-сэру зэзгъэщIэжауэ аращ, школыр зы хьэрф адыгэбзэкIэ къизмытхъауэ къэзухащ. Абыи щхьэусыгъуэ гуэрхэр иIат… — Уи лэжьыгъэкIэ, уи гъащIэкIэ цIыху Iэджэм уахэтщ. Ныбжьэгъу куэд уиIэ? — ЗэрыжыпIащи, цIыхугъэ Iэджи сиIэщ, ауэ ныбжьэгъур куэд хъуркъым. Уи IейкIи, уифIкIи, уи IэфI-уи дыджкIи псоми уадэгуэшэфынукъым икIи къезэгъыркъым. Тхьэм и шыкуркIэ, сиIэщ ныбжьэгъухэр сыт хуэдэ IуэхукIи къыскъуэту, икъукIэ сахуэарэзыщ абыхэм. — СыткIэ ухуэхъуапсэрэ адыгэ лъэпкъым, газетеджэхэм сыт яжепIэн? — Ди лъэпкъым къыхэкIауэ зи ныбжь хэкIуэтами, курытхэми, щIалэгъуалэми, къалъхуа къудейми, захуэзгъэзэну сыхуейт: фынасыпыфIэу, фи гъащIэр щIэращIэу, пщэдджыжьым нэху фыкъекIамэ, фи гур гуфIэу, фыузыншэу, лэжьыгъэм фи гур хуэкъабзэу фыпсэуну Тхьэм жиIэ! Епсэлъар БАГЪЭТЫР Луизэщ. Къуныжь Алимрэ КъуийцIыкIу Валерэрэ «Цыджан-премьер» опереттэм щоджэгу. 1984 гъэ Гуапагъэр къобэкI Утыку къихьэрэ зыри жимыIэ щIыкIэ, цIыхур зригъэплъыфмэ, зыIэпишэмэ — ар Къуныжь Алимщ. АртистыфIщ, нэгъэсауэ зи IэщIагъэм бгъэдэт цIыхущ зи гугъу тщIыр. Музыкэ театрым режиссеру сыщыкIуам, Алим абы Iэджэ щIауэ щылажьэрт. Япэ дыдэу абы щызгъэува «Валида» мюзиклым, Кажлаев Мурад итхам, ар хэтащ. ГъэщIэгъуэныщэу зыкъыщигъэлъэгъуат абы: Саид еймрэ нэгъуэщI зы роль нэхъ цIыкIурэ мюзиклым щигъэзэщIати, Дагъыстэным, Осетие Ищхъэрэ-Аланием къикIа хьэщIэхэми, езы Муради хуабжьу ягу дыхьауэ щытащ. КъыкIэлъыкIуэу, Къуныжьымрэ сэрэ дыщызэдэлэжьар «Хьэбалэрэ Хьэбашэрэ» спектаклырщ. Сыт утепсэлъыхькIэ?! СызэригугъэмкIэ, гурыIуэгъуэщ, цIыхур къокIуэри Алим и джэгукIэм зыщамыгъэнщIу йоплъ, ягу ирохь. Артистым дежкIэ аращ нэхъыщхьэр. Языныкъуэ артистхэр къиинщ, «армырами тхуэщIынущ» жыхуаIэу, зыпхуамыгъэхьэзыру. Ар щыуагъэшхуэщ. Артист нэсыр сыт щыгъуи зэлэжьыжын хуейщ. Мис а зэлэжьыжхэм яхызобжэ Алим. Роль къратар игуми и псэми пхигъэкIа иужьщ ар утыку къыщыпхурихьэнур. Хьэл-щэн згъэлъапIэхэм щыщу Алим иджыри хэлъщ щIэупщIэ жыхуаIэр. Режиссерымрэ актерымрэ щызэдэлажьэкIэ, спектаклым и кIыхьагъкIэ, дауи, упщIэ мымащIэ къыхэкIынкIэ хъунущ. Ахэр Алим япэ щIыкIэ зэтещыпыкIауэ иубзыхунущ е роль игъэзащIэм теухуауэ «мыр мыпхуэдэу тщIы хъунукъэ?!» жиIэу къоупщIынущ. Ар щIыжысIэрщи, и лэжьыгъэм хуэгумызагъэу, хуэIэкIуэлъакIуэу апхуэдэщ. Мы зэманым утыку ит артистыр псоми хуэхьэзырын хуейщ. Алим къофэ, уэрэд жеIэ, усэ къоджэ… зыхэмызагъэ щыIэу сщIэркъым. АрщхьэкIэ, цIыхубэм фIыуэ зэралъэгъуар и гушыIэхэмкIэщ. МащIэ дыдэщ а жанрыр нэсу утыку къизыхьэу диIэр. ЦIыхубэм ягу удыхьэнымкIэ зы хьэлыфI иджыри пхэлъыпхъэщ — ар цIыхуфIу ущытынырщ. Къуныжьым гуапагъэр къобэкI. Езыр гумащIэщ, талантышхуэкIэ Тхьэр зыхуэупсащ. ЦIыхубэм къыхуаIэ лъагъуныгъэм хэмыщIу, узыншагъэ иIэу илъэс куэд къигъэщIэну си гуапэщ. ДЭБАГЪУЭ Роман, КъБР-м ГъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ. Ди ныбжьэгъу лъапIэ ГъащIэр зэхэтщ дэгъэзеигъуэуи егъэзыхыгъуэуи. Абы зы Iэмали цIыхум хуиIэкъым. Зэман хьэлъэр нэхъ тынш пщызыщIыфхэм ящыщщ къыббгъурыт ныбжьэгъур. Апхуэдэхэм яхызобжэ Къуныжь Алим. Илъэс тIощIым щIигъуауэ абырэ сэрэ дыкъызэдогъуэгурыкIуэри, абы сригушхуэ зэпытщ. ЩIалэ хъарзынэщ, губзыгъэщ. НэхъапэIуэхэм, Алим щызмыцIыхум щыгъуэ, сэ гъуазджэм, щэнхабзэм сыдихьэхыу щытауэ схужыIэнукъым. Си ныбжьэгъум и фIыгъэкIэ, а дахагъэ псоми сыщыгъуэзащ, куэд къэсщIащ, театрми сыдихьэхауэ, зы спектакль зэрыблэзмыгъэкIыным яужь ситщ. Къуныжьыр зи хьэлкIи, зи щэнкIи щапхъэ зытрахщ, нэгъэсауэ ныбжьэгъуфIщ. ГуфIэгъуэри гузэвэгъуэри къыбдеIыгъ, ди тхьэмадэфIыуи абы щхьэкIэ добж. Сызэриныбжьэгъум щхьэкIэ жысIэу аракъым, ауэ Алим къызолъытэ Урысейм и артист нэхъ пажэхэм ящыщу. И таланткIэ, и губзыгъагъэкIэ ар куэдым япэ изогъэщ. Сыт хуэдэ IэщIагъэ къыхихауэ щытами, ар артистым ейм емыпхауэ ирехъуи, сэ шэч къытесхьэркъым а цIыхум и зэфIэкI дэни къызэрыщигъэлъэгъуэфынур. Къытезгъэзэжу жызоIэри, абы и фIыгъэкIэ, Лу Рэмэзан, Думэн Мурадин сымэ хуэдэ ныбжьэгъуфIхэр си гъащIэм къыхыхьащи, сыщогуфIыкI. Зы унагъуэм ещхьу дызэхэтщ, — абы нэхъ фIыгъуэ улъыхъуэн?! Къуныжь Алим ди щапхъэщ, зи акъылыр жанщ, и лъэр быдэщ, сохъуэхъу гъащIэ кIыхь иIэну, и IэщIагъэм адэкIи дэрэжэгъуэ къритыну, дэри дигъэгушхуэу куэдрэ къытщхьэщытыну. УРЫСМАМБЭТ Умар, КъБР-м щIыхь зиIэ и дохутыр. Дау Марианнэ, Къуныжь Алим, КъуийцIыкIу Валерэ сымэ. Аращ цIыху нэс зыхужаIэр ЦIыхум и гъащIэм мыхьэнэшхуэ щиIэщ ныбжьэгъум, къыдэгъуэгурыкIуэ цIыху пэжым. Къуныжь Алимрэ сэрэ дызэрызэрыцIыхурэ куэд щIащ. Дызэдэлэжьэн и пэжкIэ, Алим Музыкэ театрым и артисту (иджыпстуи абы щыIэщ), сэ «Кабардинка» ансамблым сыкъыщыфэу щытащ. Абы лъандэри дызэнэIуасэщ, дызэныбжьэгъущ. И унагъуэри и лъэпкъри соцIыху. Псалъэм я нэхъ лейхэр къапщтэми, си фIэщ хъуркъым Алим хужыпIэну пхурикъуну. Гъуазджэм, щэнхабзэм зэрыхэтым, и утыку итыкIэм, и хьэл-щэным теухуауэ уеплъмэ, щапхъэщ. Алим хуэдэ куэд театрым диIэкъым. Сэ собж нэхъ актерыфI дыдэу Къэбэрдейм исхэм, ар япэ имытмэ, я ужькIэ къэмыкIуэу. И актер Iэзагъми, Iуэху бгъэдыхьэкIэми, лэжьэкIэми — псоми зы гъэщIэгъуэнагъ гуэр хелъхьэ мы цIыхум. ИтIанэ, сыт хуэдиз лэжьыгъэ къызэбнэкIами, уи гур сценэм етауэ щытмэ, ар артистым дежкIэ фIы дыдэщ. Алим, къапщтэмэ, зыгъэпсэху иIэкъым. Лэжьыгъэ и лъэныкъуэкIэ убгъэдыхьэмэ, нэхъ спэгъунэгъуу щытщ. Сыт ар адрей артистхэм щIахуэзмыгъадэр?! Иджырей зэманым утыку итыкIэм и хабзэхэми зихъуэжащ. Абы къыхэкIкIэ артистыр жанр лIэужьыгъуэ псоми хэзагъэу щытыпхъэщ. Иджыпсту сыт тлъагъур? «Дэ ды-артистщ» жаIэри, куэд къоунэху, зы жанр кIапэ гуэрым теуварэ абы пхутемыкIыжыну. Лэгъупыкъур плъыфэбэу зэрызэхэтым хуэдэу, артистми и къарур зэмыщхьу лъэныкъуэ куэдкIэ игъэлъэгъуэфын хуейщ. Утыку къихьамэ къэфэфу, усэ къеджамэ гум хигъэхьэу — апхуэдэу жанр куэдым хуэхьэзырырщ артист зыхужаIэжыр. Алим нэсри-къэсыжауэ артистщ! Къуныжьымрэ сэрэ утыкум роль зэхуэмыдэ куэди щызэдэдгъэзэщIащ, си гушыIэ Iэджи ар къеджащ, си гугъэщ иджыри зыкъом къеджэну… УрохьэлIэ актер хьэлъэхэм, узыдэмылэжьэфхэм. Алим апхуэдэкъым. Абы сыщыдэджэгум деж, сотынш, сыту жыпIэмэ, сэ сызыхуейр ещIэ, езыми а дакъикъэм жиIэнур занщIэу къызгуроIуэ — и къэплъэкIэ къудеймкIэ. ЦIыху тыншщ. Адыгэ гупсысэкIэ диIэн хуейщ, жытIэ хъуащ щIэх-щIэхыурэ. Ар хэлъщ Алим. Зыгуэр и лъэпкъым тегужьеикIамэ, ар етIуанэщ. Дэтхэнэ цIыхуми езым и хьэл-щэн иIэжщ, фIыи Iеи я лъэныкъуэкIэ. Ауэ псом нэхъыщхьэр цIыхум ухэзэгъэнырщ, гуп хэтыкIэ пщIэнырщ, губзыгъагъэ къыбдалъагъунырщ. Пэжыр жысIэмэ, куэдрэ къохъу Алимрэ сэрэ лэжьыгъэ IуэхукIэ дыщызэфIэнэ, ауэ ар лэжьыгъэщ. Утыкум дикIыжакъэ — зэфIэкIащ, зы дохъуж. Абы щхьэкIэ гужьгъэжь гуэри къанэркъым. ГъащIэр нэгъуэщIщ… ЦIыху удыхыхьэну уасэ иIэкъым абы. Сыт хуэдэ гуп хэхуами, пщIэрэ щхьэрэ иIэу къыхокIыж, сыт хуэдэ лъэIукIэ зыхуэбгъазэми, зэрыхузэфIэкIкIэ, зыкъыпщIегъакъуэ. Аракъэ цIыху нэс жыхуаIэр?! ГъащIэ щыхъукIэ фIыри Iейри зэпыщIащ. Хэзыгъэплъэн илъэгъуащ Алим, гъуэгуанэ гугъуи къыщикIуа къыхуихуащ. И IэщIагъэкIи и лэжьыгъэкIи ар япэкIэ зыгъэкIуэтэн иIакъым. Абы езым и пщIэр къилэжьыжыфащ. ЗэрыжысIащи, Къуныжьыр зыхуэлажьэр лъэпкъращ, абы щхьэкIи зигъэлIэжыфынущ. Артистыр щIэпсэур зы закъуэщ: илъэс 50 дэкIа иужькIи цIыхухэм ягу къинэжынырщ. Алим пщIэншэрылажьэ хъуакъым, цIыхубэм деж лъытэныгъэрэ пщIэрэ щиIэщ. Алим и гуащIэр инщ: ар цIыкIуми инми фIыуэ къацIыху, къалъагъу. Си гуапэщ Алим фIыгъуэ къехъулIэну, дахагъэ куэд илъагъуну. Си мызакъуэу, Налшык эстрадэмкIэ и театрым хэт псоми къабгъэдэкIыу сохъуэхъу иджыри илъэс куэдкIэ ар тхуэпсэуну, къыддэлэжьэну. Адыгэм жеIэ: «Нобэ си махуэщ, сыкъыщалъхуа махуэщ». Аращ зэ еплъыгъуэкIэ — гуфIэгъуэшхуэщ, ауэ уегупсысыжмэ, уи гъащIэм зы илъэс хэщIу аращ. Сыхуейт Алим и гъащIэм зы илъэс хэщIыху, и насыпыр минкIэ хэхъуэу дунейм тетыну. ДУМЭН Мурадин, КъБР-м и цIыхубэ артист.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29615.txt" }
Политик цIэрыIуэхэр
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29624.txt" }
УрысеймкIи къаплъэрэ? «Комсомольская правда» газетым и лэжьакIуэ Асламовэ Дарье яужь итащ дуней псом зи къуэжхэр щызыукъуэдия муслъымэн «зэгухьэныгъэ щэхум» и лъэужьхэр къигъуэтыну. «Ар фэри къыфлъэIэсынущ» Босфор сыщыIэщ. Европей Iуфэщ. Жэщыкущ. Истамбыл и ресторан зыкъизыххэм ящыщ зым сыщIэсщ журналист цIэрыIуэ сепсалъэу. Абы къызжеIэ: — ХуеихукIэ цIыхухэр уэрамхэм къыдрехьэ. ДэкIыжынщ, уэрамхэм зыри къыдэнэркъым. Революцэ езыгъэкIуэкIхэракъым Iуэхур. Нэхъыщхьэр абы и Iэужьхэр къэзыгъэсэбэпынухэрщ. — ЗэкIэ слъагъуркъым текIуар. Пэжщ, Эрдоган и къулыкъум къытенащ. АрщхьэкIэ япэрей лъэщагъыр бгъэдэлъыжкъым. Абы пэщIэтхэм къару яхурикъуркъым, цIыхухэр къахуэгъэдаIуэркъым. Сыт атIэ дяпэкIэ къэхъунур? — сыщIоупщIэ сэ. си псэлъэгъум и щхьэр шагъырым игъэунэзащ. Си Iэхэр хуабжьу икъузурэ, езыр къызоупщI къызэхъуцацэ хуэдэу: — Уэ зэгуэр зэхэпха Гюлен Фетхуллах теухуауэ жаIэм щыщ? — Дауи — жэуап изотыж. — Дуней псом щыцIэрыIуэ ислъам лэжьакIуэщ, щихъыу жыпIэ хъунущ. США-м щопсэу. Властыр тридзыну хущIэкъуауэ щагъэкъуаншэм тыркур ибгынащ. КъухьэпIэми Израилми ядэлэжьэну хьэзыр муслъымэн правительствэм и телъхьэщ. Абы и щIыбагъ ЦРУ-р зэрыдэтым зыми шэч къытрихьэркъым. — Аркъудейра? — дыджу мэдыхьэшх си псэлъэгъур. — Фэ, урысхэм, абы теухуауэ нэхъыбэ фщIэн хуеящ. Ар фэри къыфлъэIэсынущ. Жэщым си псэлъэгъуар пщэдджыжьым къызолъэIу зэжетIар дунейм къытезмыгъэхьэну. «Тепщэгъуэр яхузэрыгъэгуэшакъым» Босфорым сыщыIэщ. Шэджагъуэщ. Азием и Iуфэщ. Жэнэтым хуэбгъэдэн хьэщIэщым и пщIантIэм сыщопсалъэ тырку журналистикэм и тетхэм ящыщ зы, «Сабах» газетым и редактор нэхъыщхьэ Барлас Мехмет. Ар Эрдоган муслъымэным куэд щIауэ и ныбжьэгъущ. — Сэ фадэ софэ, премьерыр зэфэр шейщ. Ауэ ар ди зэныбжьэгъугъэм зыкIи зэран къыхуэхъуркъым, — мэдыхьэшх Барлас. — Эрдоган зэи хущIэкъуркъым езым и Iуэху еплъыкIэм нэгъуэщI хигъэзыхьу тригъэхьэну. ИтIанэ къыщIегъу: — Иужь илъэси 10-м Тыркум зихъуэжащ. Хэт зезыгъэхъуэжар? Эрдоганщ! Абы властыр щыIэщIыхьам цIыхум зы илъэсым хэхъуэу Iэрыхьэу щытар доллар мини 2-щ, иджы доллар мин 11-м нос. НэгъуэщI къэралхэм хьэпшыпу едгъэшар доллар мелард 35-м икIри, доллар меларди 150-м щхьэпрыкIащ. Къалэхэмрэ къуажэхэмрэ заужьащ, гъуэгухэр ефIэкIуащ. — Оппозицэми ибзыщIыркъым Тыркум экономикэ, политикэ IуэхукIэ хуабжьу зэрызиужьар, — жызоIэ сэ. — АрщхьэкIэ цIыхухэр тогузэвыхь езыхэм я хуитыныгъэхэр зыхуэкIуэнум, къэралыр ислъамым ткIийуэ зэрытеувэм. — Зыщумыгъэгъупщэ Тыркур муслъымэн къэралу зэрыщытыр. Эрдоган и пэкIэ мыбы унафэр щызыIэщIэлъар дзэр зи щIэгъэкъуэн диныншэ гуп цIыкIухэрт. Эрдоган тригъэкIуэтащ а «дзэ демократиер». Властыр яIэрыхьащ къалэ цIыкIухэм къикIахэм. — Къалэшхуэхэм щыщхэм ахэр зэхэщIыкIкIэ къыкIэрыхуа къуажэдэсхэу къалъытэ. Пэжщ. Ауэ апхуэдэу къэзылъытэр мэжджытым мыкIуэхэрщ. Ахэр нэхъ мащIэщ. дэнэ къыздикIар фи Путиныр? КГБ-рщ. Дэнэ къыздикIар Эрдоган? Ислъамым и дунейрщ. Абы и дежкIэ хьэкъщ хабзэ щыIэн зэрыхуейр икIи къелъытэ цIыхухэм нэмыс ткIий яхэлъын хуейуэ. Сэ софэ, тхьэ селъэIуркъым, ауэ итIани, Эрдоган и лъэныкъуэр сIыгъщ, къэралыр зэрефIакIуэр солъагъури. Путин хуейщ Урысейр лъэщу икIи уардэу щытыну. Эрдогани зыхущIэкъур Тыркур зэщIэгъэгъэнырщ. Абы тIури зэгуэркIэ зэщхь ещI. Эрдоган хэхыныгъэхэм хьэрэмыгъэншэу щэнейрэ щытекIуащ, дяпэкIи зэрыщытекIуэнум шэч къытесхьэркъым. — Хэт хъуну Гюлен? Абырэ Эрдоганрэ я зэхуаку дэлъыр сыт? Куэдрэ жэуап къызитыркъым. Мэгупсысэ. ИтIанэ къызжеIэ: — Гюлен ефэнды къызэрыгуэкIыу къыщIидзащ. ИужькIэ дунейпсо муслъымэн зэгухьэныгъэм и Iэтащхьэ хъуащ. Ауэ ар мы зэманым дин зэгухьэныгъэ къудейкъым, атIэ корпорацэ инщ, банкхэр, школхэр, университетхэр, сату щIыпIэ инхэр хыхьу. — Гюлен «муслъымэн Соросу» къэплъытэ хъуну? — Пэжу зэбгъэпщащ, — погуфIыкI зиусхьэн Барлас. — ЦIыхухэм зыкъыщаIэтам Гюлен Эрдоган техъущIыхьащ. Сыт ар зыхуейр? — Ар хуейщ Эрдоган къигъэдаIуэу, езым и цIыхухэр къулыкъуфIхэм пэригъэувэну. Ауэ Гюлен илъагъур муслъымэныгъэм щIэт Тыркурщ. Эрдоган хущIокъу Тыркум зиужьыным, Гюлен США-м щопсэу, къигъэзэжынуи зигъэхьэзырыркъым. — Сыт американхэм Гюлен зэращIынур? — Ар фIы дыдэу ягуроIуэф журтхэм, Рим Папэм хуэзащ. Нэхъыщхьэращи, США-м и мурадщ Гюлен и къарур «Аль-Каидэмрэ» «Хезюолламрэ» япэщIигъэувэну. Хэт ухъуну уэ, зиусхьэн Гюлен? Тырку щIыналъэ пхыдзам щыщ къуажэм 1941 гъэм къыщалъхуа щIалэ цIыкIур дунейм нэхъ зэфIэкIышхуэ щызиIэ цIыхухэм къахэхутэныр къызыхэкIар сыт? Илъэс 15 ныбжьым иту КъурIэн еджэн щIэзыдзар 2008 гъэм нэхъ щIэныгъэшхуэ дыдэ зыбгъэдэлъу дунейм тет цIыхуищэм ящыщу къалъытэныр дауэ къехъулIа? Хэт ар? И ерыскъыр езым игъэхьэзырыжу Пенсильванием щыпсэу щихъ? Хьэмэрэ дуней псом зыщызыукъуэдия корпорацэ иным и унафэщI къудей? — Сэ Гюлен соцIыху илъэс куэд лъандэрэ, къызжиIащ «Каналтюрк» телевиденэм и редактор нэхъыщхьэ Торос Тарик. — Ар пэш цIыкIум щопсэу, зэпымыууи тхьэ йолъэIу. Тыркум къэкIуэжыркъым мыбы политикэ щытыкIэр щызэIимыгъэхьэн щхьэкIэ. Дунейм зыщыхуигъазэкIэ къигъэсэбэпри Интернетырщ. — Сыт зищIысыр гюленизмыр? Ар ислъамым КъухьэпIэр дегъэхьэхыным хуэгъэза унэтIыныгъэщ, — жеIэ урысей щIэныгъэлI Сулейманов Раис. — Гюленизмым тетхэр джихадым къыхуезыджэ жьакIэцэхэркъым, атIэ динхэр зэпэщIэмыувэным и телъхьэ цIыхухэрщ. КъухьэпIэр хуейт ислъамыр гюленизмым тетыну. — НэгъуэщIу жыпIэмэ, ислъам жыIэдаIуэ? — Пэжщ. Езы Гюлен къызыхэкIар сыт лъэпкъ? Денмещ. ДенмекIэ зэджэр ислъамыр къэзыщта тырку журтхэрщ. Къызэрежьари мыпхуэдэущ. Демнер хабзэ ткIийм тет журт зэгухьэныгъэу 1683 гъэм Салоникхэмрэ Уэсмэн империемрэ къыщыунэхуащ. Къызэзыгъэпэща Цви Шабтай яубыдри, сулътIаным и суд пащхьэм ирагъэуващ икIи хагъэдащ — е удукIынущ е муслъымэн диным къихьэ. И фызыр и гъусэу ислъамыр къищтащ. Цви Шабтай и щIэблэ денмер Тыркум куэд щыхъуркъым, ауэ зэфIэкIышхуэ щызиIэщ. — Гюлен и зэгухьэныгъэр къэрали 180-м щолажьэ, — жеIэ «Радикал» газетым и журналист Таштекин Фехим. — Тыркум и закъуэ абы хэтхэм я бжыгъэр мелуанипщI нэхърэ мынэхъ мащIэу ягъэIу. Дэнэ абы ахъшэ къыздрихыр? Спонсор и куэдщ. Сыт хуэдэ щIыкIэкIэ цIыхухэр зэрызэхашэр? Бзэхэм хэзыгъэгъуазэ курсхэр, инджызылыбзэр, математикэр, физикэр куууэ икIи пщIэншэу щрагъэдж школхэмрэ университетхэмрэ СССР-м хэта къэралхэми щыIэщ. Урысейми (Къэрэшей-Шэрджэс, Шэшэн, Тэтэрстэн), иджыблагъэ Абхъазми къыщызэIуахащ апхуэдэ школ. ЕгъэджакIуэхэр муслъымэнщ, арщхьэкIэ ислъамым зыри ирахулIэркъым. IэлъэщI птелъыни хуейкъым, уеблэмэ, балетым зыдебгъэхьэх хъунущ. АрщхьэкIэ щIэныгъэшхуэ зыгъуэта цIыхухэм зэи ящыгъупщэнукъым Гюлен яхуищIар. Псом хуэмыдэу властыр яIэщIыхьа нэужь. Ахэр лIэхукIэ Гюлен и зэгухьэныгъэм къыхэкIыжынукъым. Зэгухьэныгъэ щэхум и ухуэкIэр — Сэ политикэм шыд лIам сыщыхуэдэщ, удыным сыщышынэжыркъым, — къызжеIэ си нэIуасэ политолог икIи журналист Уналтай Алтай. — Сэ тегъэщIапIэ сыщI, ауэ си ныбжьэгъухэм я цIэхэр къыумыIуэ. Шей ефапIэм дыщIэсщ. Алтай и ныбжьэгъу Д. (апхуэдэу жытIэнщ) къызгурегъаIуэ: — Дин зэщIэхъееныгъэр зэрызэтеухуар сыт хуэдэу. Къэтщтэнщ, псалъэм и хьэтыркIэ, «Муслъымэн зэкъуэшхэр». Абы и купщIэр диныр нэхъуеиншэу зыIыгъ цIыхухэрщ. Къакъуэтщ властыр зыIэщIэлъ икIи и ужькIэ ядэIэпыкъуну цIыхухэр къулыкъукIэ дэзыгъэкIуейхэр. Ещанэ гупыр щIэпхъаджащIэхэрщ — цIыху зыукIахэрщ, зыхъунщIа-хэрщ. Абыхэм я гуэныхьыр япшыныж. Гюлен езым и ухуэкIэ къызэригъэпэщащ. Абы трегъащIэ цIыху хуэмыщIахэм, ауэ нэмысыфIэхэм, диным итхьэкъуа егъэджакIуэхэм, ислъамым папщIэ сытри зыщIэфынухэм. Школхэм щрагъаджэхэм къыхах властымрэ ахъшэмрэ псом япэ изыгъэщ цIыхухэр. Нэхъ губзыгъэ дыдэхэр ищхьэкIэ докIуей — генерал, банкир, политик мэхъу. А псори Гюлен и лъэгум къыщIонэж. Мэлыхъуэм хуэдэщ: хъушэр еунэтI. — Сыт атIэ Гюлен Эрдоган щIемызэгъыр? — сыщIоупщIэ сэ. — Гюлен къелъытэ Эрдоган зыкъыфIэщIыжауэ. «СулътIану сыщытамэ» Иджыри къэс премьер Эрдоган щытащ Сирием и бийуэ Iуэху ткIийхэр лэжьыным и телъхьэу. Абыхэм япкъ иткIэ, фIэкIыпIэ имыIэу традзын хуейт и «къуэшу» щыта Асад. Истамбыл Iэпхъуащ Сирием щыщ политик-оппозиционерхэр, Тыркум и гъунапкъэр хэщIапIэ ищIащ «Сирием и дзэ щхьэхуитым». Тыркухэм я мызакъуэу, Сауд Хьэрыпымрэ Катарымрэ ахъшэкIи IэщэкIи ядоIэпыкъу зыкъэзыIэтахэм. — Мазэм щIигъу и пэкIэ Эрдоганрэ Обамэрэ зэIущIэу США-м къикIыжа иужь, Эрдоган хэпщIыкIыу нэхъ щэху хъуащ, Сирием техъущIыхьу и макъым зригъэIэтыжакъым. Сыт къэхъуар? Тырку правительствэм пцIы иупсырт. Абы Обамэ къигъэгугъат къаугъэр зы мазэ-мазитIкIэ зэфIихы- ну, — къызгурегъаIуэ Таштекин Фахим. — Абы щыгъуэм Обамэ Эрдоган къыжриIащ: «Хъарзынэщ. Уэ ухуейщ Тыркур КъуэкIыпIэ Гъунэгъум и къэрал нэхъыщхьэу щытыну икIи дыкъыбогъэгугъэ Сирием псори зэтес щыпщIыжы- ну. Афэрым! ДыбдэIэпыкъунщ, ауэ зауэм дыхыхьэнукъым. ЗыкъэзыIэтахэм Iэщэ псори Iэрагъэхьащ, ТыркумкIэ. Салафит (ваххабит) гупхэм Сирием и алавит къалэхэр зэхакъутащ. Абы къыщыщIар зи ягъэр тырку политикэрщ. Иджы Обамэ Эрдоган зыкъыхуигъэзащ мыпхуэдэ упщIэкIэ: «Уэ сыкъэбгъэгугъат Асаад мазитIкIэ кIэ ептыну. Сыт къикIар уи псалъэм?» — Сыт Эрдоган къыщIигъэувар Iэмал имыIэу Асаад традзын хуейуэ? Абы щыгъуэми, тыркухэм я процент 68-м ядэркъым къэралыр Сирием къыщыхъуа къаугъэм хыхьэу,- согъэщIагъуэ сэ. — Япэрауэ, Тыркурт Сириер зэфIэгъэувэжыным егъэщIылIа лэжьыгъэ нэхъыщхьэхэр зи пщэ къыдэхуэнур. Иракым къыщыхъуам ещхьу: американ- хэм Багдад бомбэхэр щрадзыхырт, абы емылъытауэ, ухуакIуэ фирмэхэм лэжьыгъэхэр зэхуагуэшырт. ЕтIуанэрауэ, Дамаск политикэ и лъэныкъуэкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ къалэщ. Аращ КъуэкIыпIэ Гъунэгъум и IункIыбзэIухыр. Дамаск ущыIэмэ, палестинэ Iуэхуми, апхуэдэу щыщыткIэ, Израилми уалъэIэсыфынущ, «Хезболлар» уи унафэ щIэбгъэувэфынущ, Иранри Иракри къыпфIэлIыкIынущ. Аращ Эрдо- ган хуабжьу зыщIэхъуэп- сыр! — Эрдоган лъэпкъым и адэ Ататюрк ещхь зищIыну хущIокъу, — къыхохьэ псалъэмакъым теленэтынхэр езыгъэкIуэкI Мухътар Реза. — АрщхьэкIэ къехъулIэнукъым. Абы и политикэр зымыдэхэм жаIэ: Тыркур КъуэкIыпIэ Гъунэгъум и Iуэхухэм аргуэру хэIэбэмэ, ар хэкIуэдэжынущ Уэсмэн империер зэрылъэлъэжам хуэдэу. Дэ тщIэркъым империе дыхъунуми, ди щIыналъэр цIыкIу-цIыкIуу зэкIэщIатхъынуми. Аращи, Таксим утым ихьахэм быдэу я фIэщ мэхъу: Тыркум и дежкIэ нэхъыфIщ Сириеми Иракми егъэщIылIауэ зы Iуэхуи хэмыIэбэмэ. Зауэм есэжахэр Суннитхэмрэ шиитхэмрэ дин я лъэныкъуэкIэ яку дэлъ зауэр КъуэкIыпIэ Гъунэгъум и «щхьэ Iуэхуу» зэрыщымытыжрэ куэд щIащ. Суннитхэр щыпсэу Сауд Хьэрыпыр, Катарыр, Мысырыр, Тунисыр, Ливиер нэхъыщхьэу зыгъэгушхуэр США-рщ. Шиитхэм я лъапсэр Иранырщ, Ливанырщ, Иракырщ (къэралым щыпсэухэм я нэхъыбэр ахэращ), Сириерщ. Я дэIэпыкъуэгъу нэхъыщхьэр Урысейрщ. Апхуэдэу щIыщытым и щхьэусыгъуэхэм ящыщ зыщ Сауд Хьэрыпымрэ Катарымрэ сыт щыгъуи лъакъуэ пэщIэдз къызэрытхуащIыр. Ахэращ Кавказыр терроризмэм и лъагъуэм тезыгъэхьар. — Сыт США-м шиитхэр щIимыдэр? Ахэр Штат Зэгуэтхэм я бийщи аращ, — пещэ Таштекин Фехим. — США-м Тыркумрэ Гюлен и империемрэ къегъэсэбэп Ираным и зэфIэкIыр ириудыхын мурадкIэ. ПIалъэкIэ зэкъуэувауэ, Сауд Хьэрыпымрэ Катарымрэ Тыркум и экономикэм мылъкушхуэ къыхалъхьэ. Эрдоган хуабжьу ахъшэ хуейщ нэхъ зыдэлажьэу щыта ЕС-м и Iуэхухэр зэрызэкIэлъымыкIуэм къыхэкIыу. Суннитхэм яфIэкIуэдащ шиитхэм тепщэгъуэр щаIэщIыхьа Иракыр. Иджы хущIокъухэр а хэщIыныгъэр Сирием и хьэкъкIэ зэрагъэпэщыжыну. Ауэ сыт Сирием и Iуэхухэм хэIэбакIэ Тыркум фейдэуэ иIэр? Ди гъунэгъухэр къытщигъэIея къудейщ. Иракым гугъусыгъуу дыхущытщ, Ираным дыкъидэжыркъым. Сирием и гугъу тщIыххэнкъым. Ауэ нэхъыщхьэращи, Урысейри къытхуэфIыжкъым… — США-м игъэгушхуащ Таксим утым ихьахэр, икIи а Iуэхум хишащ «муслъымэн Соросу» щыт Гюлен. Ар — дыдэмкIэ Эрдоган тезыр къытрелъхьэ Сирием зыри зэрыщыхузэфIэмыкIамкIэ икIи сулътIан хъуну мурад зэрищIам къыхэкIыу, — жеIэ Сулейманов Раис.- Ауэ СулътIан ухъун щхьэкIэ, сулътIаным хуэфащэу ущытын хуейщ. Американхэм Эрдоган Iуахыну загъэхьэзырыртэкъым. Ар ипIэ игъэувэжын хуей къудейуэ арат. Абы папщIэ жыжьэ мыкIуэу къагъэсэбэпащ гъунэгъу дыдэу щыIэ Гюлен. — Гюлен щабагъэм тет ислъамым и телъхьэщ. Сыт абы Iейуэ хэлъыр? — ЩхьэгъэпцIэжщ. Абы Урысейм къыщызэIуиха школхэр зыхуэгъэзар ди муслъымэн унафэщIхэр Тыркумрэ США-мрэ я дежкIэ иригъэплъэкIынырщ. Урысейм куэд щIауэ къащыгурыIуащ ар. Псалъэм и хьэтыркIэ, Гюлен Азербайджаным «щипIащ» къэрал унафэр мащIэ-мащIэурэ зыIэрыхьэ щIэблэрэ. Абыхэм я гупэр АмерикэмкIэ гъэзащ. Дэ ди муслъымэнхэр нэгъуэщI къэралхэм я жыIэм щIыщIэувэн щыIэкъым. ЗытедгъэщIэн хуейр лъэпкъым къыдекIуэкI ислъамырщ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29626.txt" }
Мы махуэхэм Бадзэуэгъуэм и 11, махуэку ЦIыху бжыгъэм хэхъуэным и дунейпсо махуэщ 1958 гъэм «Кабардинка» къэрал къэфакIуэ ансамблыр Монголием кIуащ, абы и лъэпкъ махуэшхуэм хэтын папщIэ. 1987 гъэм дунейм цIыхуу щыпсэур меларди 5 ирикъуащ. СНК-м и унафэкIэ 1918 гъэм къызэрагъэпэщауэ щытащ Узыншагъэр хъумэнымкIэ комиссариатыр. Иджы ар УФ-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэрщ. Биологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ КIэрэф Майе къызэралъхурэ илъэс 81-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 26 — 27-рэ, жэщым градус 19 — 22-рэ щыхъунущ. Бадзэуэгъуэм и 12, мэрем 1641 гъэм Астрахань хъаныдзэм Балъкъ и деж щригъэкIуэкIа зауэм хэкIуэдащ Къундет зэшхэр — Чэлимэтрэ Елдаррэ. 2000 гъэм Баренцевэ тенджызым щIилъэфащ УФ-м и «Курск» атом псыщIагъырыкIуэ кхъухьыр. Абы иса цIыхуи 118-р хэкIуэдащ. УФ-м, КъБАССР-м щIыхь зиIэ я сурэтыщI ТхьэкIумашэ Михаил и ныбжьыр илъэс 86-рэ ирокъу. Социологие щIэныгъэхэм я доктор, АКъУ-м и профессор, Адыгэ Республикэм и Iэтащхьэ ТхьэкIушынэ Аслъэнджэрий и ныбжьыр илъэс 66-рэ ирокъу. КъШР-м и цIыхубэ тхакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, ЩIДАА-м и академик Пщыгъусэ Аслъэнбэч и ныбжьыр илъэс 55-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 24 — 28-рэ, жэщым градус 20 — 24-рэ щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29629.txt" }
Дагъэ заводыщIэ АДЫГЕЙ. Адыгейм и Iэтащхьэ ТхьэкIушынэ Аслъэнджэрий яIущIащ Куэшхьэблэ куейм и унафэщI Хьэмырзэ Зауррэ хьэрычэтыщIэ Мамрыкъуэ Русланрэ. Ахэр тепсэлъыхьащ республикэм производствэм зыщегъэужьыным, бизнесым ихь социальнэ жэуаплыныгъэм. Мамрыкъуэм къызэрыхигъэщамкIэ, Японием сэхуран дагъэр яхуэзыутIыпщ заводхэр мащIэщ. Къагъэув фIагъ лъагэм къитIасэу японцхэм ядэлажьэхэм ящыщ зыщ езым и нэIэм щIэт IуэхущIапIэр. Куэшхьэблэ куейм къыщыщIагъэкI дагъэр Адыгейми, къэралым и ипщэ щIыналъэхэми ялъоIэс. Мамрыкъуэ Руслан къызэригъэлъэгъуамкIэ, иджыри зы цехыщIэ къызэIуахы- ну я мурадщ. Ар къайхъулIэмэ, иджыкIэ къыщIагъэкI дагъэ тонн мини 3-р тонн мини 5-м хуэкIуэ-нущ. ТхьэкIушынэ Аслъэнджэрий къыхигъэщащ бизнесыр социальнэ ухуэныгъэм хэтыным мыхьэнэшхуэ зэриIэр. Апхуэдэ производствэхэм лэжьыгъэ IэнатIэщIэхэр кърокIуэ, щIыналъэм и зыужьыныгъэр къызэрегъэпэщ. КъШР-м и пелуанэхэр Къэрэшей-Шэрджэс. Къэзан щекIуэкI ХХVII Дунейпсо гъэмахуэ Универсиадэм и япэ махуэм Урысейм и командэ къыхэхам медаль зэмылIэужьыгъуэу 17 къыщихьащ. Абы хэлъхьэныгъэ хуэзыщIахэм ящыщщ Къэрэшей-Шэрджэсым и спортсменхэри. Универсиадэм и япэ махуэм республикэм и спортсменхэм екIуу зыкъыщагъэлъэгъуащ икIи бгырыпх бэнэкIэ зэпеуэм медалиплI — дыщэу щы, жэзу зы щызыIэрагъэхьащ. Лайпанов Азэмэт и хьэрхуэрэгъур къызэринэкIри чемпион хъуащ. Лъэпщокъуэ Албэч къегугъуэкIами, зэман къыщIагъуам бжьыпэр иубыдащ. Щэнейрэ дунейпсо чемпион Хапаев Албэч Тыркумэным и спортсменым ефIэкIри, текIуэныгъэ дахэ зыIэригъэхьащ. Жэз медалыр къихьащ Токов Арсен. КъШР-м и Iэтащхьэ Темрезов Рашид спортсменхэм ехъуэхъуащ, икIи медалхэр къыщратыжым хэтащ. УЭРДОКЪУЭ Женя.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29632.txt" }
ЩытыкIэм зэпымыууэ кIэлъоплъ КъБР-м и вице-премьер Къуэдзокъуэ Мухьэмэд бадзэуэгъуэм и 9-м иригъэкIуэкIа пресс-конференцым журналистхэр щыхигъэгъуэзащ Бахъсэн районым хыхьэ Къулъкъужын Ищхъэрэ къуажэм къыщахута, мы зэкIэ ящур узыфэу шэч зыхуащIым земыгъэубгъуным теухуауэ республикэ комиссэм зэфIигъэкIхэм. Абы къызэригъэлъэгъуамкIэ, а уз зэрыцIалэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэм къремыгъэхьэн икIи щызэбгрымыкIын щхьэкIэ, «КъБР-м ветеринариемкIэ и управленэ» къэрал IуэхущIапIэм зыхуэфащэ ветеринар-профилактикэ лэжьыгъэ иригъэкIуэкIащ, Къущхьэхъум щаIыгъ Iэщышхуэ хъубжэу 52-м, мэл гуартэу 82-м хущхъуэхэр ирахьэлIащ. Апхуэдэу къуажэбгъу хъупIэхэм щыIэ уней подсобнэ хозяйствэхэм я былымми мастэхэр халъхьащ. А Iуэхугъуэр щIыпIэ псоми щызэлъагъэIэсащ. Мы зэманым полицэ-ветеринар посту 8 (абы щыщу 3-р ягъэIэпхъуэхэм хуэдэщ) республикэм щолажьэ. КъищынэмыщIауэ, ящур узыфэ къызэуэлIауэ зыхуагъэфащэ Iэщхэм я щытыкIэр бадзэуэгъуэм и 6-м Къулъкъужын Ищхъэрэм къыщапщытащ, абыхэм ятеухуа тхылъхэр Владимир областым щыIэ щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым ягъэхьащ. — «Ветеринарием и IуэхукIэ» Урысей Федерацэм и Законым и 17-нэ статьям зэрыщыубзыхуам тету, (ящур) узыфэм зимыубгъун щхьэкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм къыдигъэкIа Унафэ №79-РГ-м зэрыщыжиIэм хуэдэу, республикэм и щIыналъэм щытыкIэ пыухыкIа (карантин) щагъэуващ. Абы ипкъ иткIэ, унафэм къару иIэху, сыт хуэдэ мэкъумэш псэущхьи Къэбэрлдей-Балъкъэрым кърагъэхьэнукъым (кърагъэшэнукъым) икIи ирагъэкIынукъым (ирырагъэшынукъым). Карантиныр щыIуахыжынур республикэм и щIыналъэм ящур узыфэр зыпкърыта иужьрей Iэщыр зэрыхъужрэ, зэраукIрэ е зэрагъэкIуэдрэ махуэ 21-рэ дэкIа нэужькIэщ. Апхуэдэу, а унафэмкIэ КъБР-м и Правительствэм къалэн къытщащIащ муниципальнэ районхэм, къалэ округхэм я администрацэхэр тщIыгъуу узыфэм и къежьапIэр дгъэкIуэдыну, республикэм и щIыналъэм зыщиубгъуныр къэдмыгъэхъуну, — жиIащ вице-премьерым. — Къулъкъужын Ищхъэрэ къуажэм узыфэм и къежьапIэр щыгъэкIуэдыным, ар зэбгрымыгъэкIыным теухуауэ зэфIэдгъэкIыну Iуэхугъуэ хэхахэм я планыр къащтащ. Абы тету Къэбэрдей-Балъкъэрым и административнэ гъунапкъэхэм я гъуэгухэм ветеринар-полицэ постхэр щыдгъэувынущ, республикэм и къихьэпIэ-икIыпIэхэм дизинфекцэ щащI щIыпIэхэр къыщызэIутхащ. Хозяйствэ лIэужьыгъуэ псоми я былымым я щытыкIэр махуэ къэс къэтпщытэнущ, IэщхэкIхэмкIэ сату зэращIым ткIийуэ дыкIэлъыплъынущ. Къуэдзокъуэ Мухьэмэд зэрыжиIамкIэ, Бахъсэн муниципальнэ районым и Iэтащхьэм и унафэкIэ, бадзэуэгъуэм и 7-м къыщыщIэдзауэ Къулъкъужын Ипщэ, Къулъкъужын Ищхъэрэ къуажэхэм Iэщ дагъэхьэркъым икIи къыдагъэкIыркъым. Былым сымаджэхэр щхьэхуэ ящIауэ, абыхэм йоIэзэ. ЖылагъуитIми дэсхэм я зэхуэс ирагъэкIуэкIащ, Iуэхур зытетыр щызэпкърахащ. — ЦIыхухэм, хьэрычэтыщIэхэм, республикэм къихьэ-икIхэм дызэхащIыкIын, пIалъэкIэ зыхуэзэ гугъуехьхэр къызыхэкIыр къагурыIуэн хуейщ. Планым тету едгъэкIуэкI Iуэхугъуэ хэхахэр фэкIыпIэншэу дымыгъэзащIэмэ, карантиным къигъэувхэм дытемытмэ, узыфэ зэрыцIалэр республикэм и нэгъуэщI щIыпIэхэм, Урысей Федерацэм и адрей куейхэм нэсынкIэ хъунущ. Абы кърикIуэнкIэ хъунум хэти щыгъуазэщ, — къыхигъэщащ вице-премьерым. -Нобэ цIыхухэм жыджэру дадэлэжьэн, щытыкIэр яхузэпкърытхын щхьэкIэ хъыбарегъащIэ Iэмал псори къэдгъэсэбэпын хуейщ. «КъБР-м ветеринариемкIэ и управленэ» къэрал IуэхущIапIэм и унафэщI ЛIуп Резуан зэрыжиIамкIэ, ди гъунэгъу Къэрэшей-Шэрджэсым къыщыхъея узыфэр Къулъкъужын Ищхъэрэ къуажэм и Iэщым къылъэIэсауэ къалъытэ. Абы земыгъэубгъуным хуэунэтIауэ нобэ лэжьыгъэшхуэ ирагъэкIуэкI. Узыфэр къыщагъуэта щIыпIэ псори дизинфекцэ ящIащ. Былымыр ягъэхъуакIуэркъым. — Къулъкъужын Ипщэ, Къулъкъужын Ищхъэрэ къуажэхэм дэсхэм дакъыгуроIуэ, ди мурадхэр къыддаIыгъ, узыфэр нэхъ псынщIэу дгъэкIуэдынымкIэ къыддоIэпыкъу, — къигъэлъэгъуащ республикэм и Iэщ дохутыр нэхъыщхьэм. ЗыщIыпIэхэм къыщыпхагъэIукIащ узым хъушэхэр ирищIыкI хуэдэу. Апхуэдэ лъэпкъ щыIэкъым! Уеблэмэ, ящур къызэуэлIауэ къэтлъытэхэм я нэхъыбэм зыкъаужьыж. Бадзэуэгъуэм и 6-м Iэщ 54-рэ сымаджэу къэтхутауэ щытати, 30-м щIигъум я щытыкIэр тэмэмщ, температурэ яIэкъым. Адрейхэм IэщIагъэлIхэр хущхъуэ лIэужьыгъуитIкIэ йоIэзэ. — Егъэлеяуэ дысакъыу къыщIэкIынщ. Къыхэтлъхьа Iуэхугъуэхэр зэрымыщабэри къыдгуроIуэ, ауэ дытемыплъэкъукIмэ нэхъыфIщ. Хъубжэхэр уз зэрыцIалэм щытхъумэну дыхуеймэ, абы дытекI хъунукъым, — къыхигъэбелджылыкIащ Къуэдзокъуэ Мухьэмэд. ЩэхуакIуэхэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымрэ цIыхум псэукIэ тэмэм къыхузэгъэпэщынымкIэ Федеральнэ IуэхущIапIэм и щIыналъэ къудамэм и унафэщIым и къуэдзэ, республикэм и Къэрал санитар дохутыр нэхъыщхьэм и къуэдзэ Кудрявцев Юрэ къигъэлъэгъуащ къабзагъэм ехьэлIа хабзэхэм тетхэм дежкIэ а узыфэр зэрымышынагъуэр. — Iэщ сымаджэм сабийхэр ебгъэкIуалIэ хъунукъым. Теуда зиIэхэм щыгъын хэха зэрахьэн, лыр фIыуэ гъэвэн, шэр къэгъэкъуэлъэн хуейщ. Апхуэдэу зыхуэзэм деж ерыскъыхэкIхэр къыщамыщтэмэ нэхъыфIщ. Къащэху продукцэм ветеринар IуэхущIапIэм и зыхуэфащэ тхылъхэр ящIыгъупхъэщ, — жиIащ Кудрявцевым. Къуэдзокъуэ Мухьэмэд къыхигъэщащ зэхалъхьа план зэхэтыр къалэхэмрэ районхэмрэ зэрыщагъэзащIэм республикэ комиссэр ткIийуэ зэрыкIэлъыплъынур, щIыпIэхэм щылэжьэну штабхэм я IуэхущIафэр зэпымыууэ хэIущIыIу зэращIынур. ЗэIущIэм хэтахэм журналистхэм я упщIэхэм жэуап иратащ. Хьэжыкъарэ Алик.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29634.txt" }
Iэщхэм уз зэрыцIалэ къахыхьауэ гурыщхъуэ ящI Вэсэмахуэ КъБР-м и Правительствэм и Унэм щекIуэкIа зэIущIэр абы и УнафэщI Хьэсанэ Руслан къыщызэIуихым жиIащ ди республикэм ящур узыфэ зэрыцIалэ кърахьауэ гурыщхъуэ зэрыщыIэр. Iэщым къеуалIэ уз лIэужьыгъуэхэм ящыщу ар нэхъ шынагъуэ, гъэхъужыгъуейхэм ящыщщ. IэщIагъэлIхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, ящур зэуэлIа былымым и лыр пшхы, абы къуит гъэшыр къэбгъэсэбэп хъунукъым. А узыфэр ди республикэм бадзэуэгъуэм и 7-м къыщагъуэтати, апхуэдэ Iуэхум папщIэ лэжьыпхъэ псори зэфIагъэкIащ. КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къуэдзокъуэ Мухьэмэд къызэхуэсахэр щигъэгъуэзащ ди республикэм Iэщ, джэдкъаз узыфэ зэрыцIалэхэр кърамыхьэным, абы земыгъэубгъуным ехьэлIауэ кIэлъыплъыну комиссэм хэтынухэм, ахэр зэпыу имыIэу зэрылэжьэнум. КъыкIэлъыкIуэу Къуэдзокъуэм и гугъу ищIащ КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен ищIа унафэм ипкъ иткIэ, ящур уз лIэужьыгъэм ди республикэм зыщимыубгъун папщIэ лэжьыпхъэхэм ехьэлIауэ Правительствэм и унафэм и проект зэригъэхьэзырам. Тхьэмахуэ махуэм, уз зыпкърыт былымхэр Къулъкъужын Ищхъэрэ къыщагъуэта иужь, къуажэм Iэщышхуэуи, Iэщ цIыкIууи дэтым кIэлъыплъащ. Гурыщхъуэ зыхуащIахэм я анализхэр федеральнэ IуэхущIапIэхэм ирагъэхьащ. Ди республикэм ит Iэщхэм а узыр къахыхьарэ къахэмыхьарэ пыухыкIауэ пхужыIэнукъым, анализхэм къагъэлъэгъуар къэмысыжауэ, ауэ я щытыкIэкIэ, ящур къеуэлIауэ зыхуагъэфащэ щыIэщ. Апхуэдэ Iэщ 54-м сымаджэ хъуауэ гурыщхъуэ хуащIри, щхьэхуэу кIэлъоплъ. Абы нэхъыбэ зэкIэ зэщIицIэлакъым, сымаджэхэри нэхъ лъэрымыхь хъуакъым. Ар Iэмал имыIэу набдзэгубдзаплъэу узыкIэлъыплъыпхъэ Iуэхухэм ящыщщ. А Iуэхум ехьэлIауэ республикэм щыIэ комиссэм бадзэуэгъуэм и 8-м иригъэкIуэкIа зэIущIэм къалэ, куей администрацэхэм я Iэтащхьэхэр ирагъэблагъэри къепсэлъащ. Абыхэми лэжьыгъэ пыухыкIахэр я щIыпIэхэм щрагъэкIуэкI, узым республикэм зыщимыубгъун папщIэ. Бахъсэн куеймрэ Къулъкъужын Ищхъэрэрэ Iэщу дэтыр икIэщIыпIэкIэ щIапщытыкIащ, узым зэрыпэщIэт, къызэрагъэувыIэ хущхъуэ гуащIэхэр къащэхуащ. Узыр зэрымыцIэлэн папщIэ республикэм Iэщ кърашэнуи ирашынуи пэубыдынырщ хэкIыпIэу щыIэр. Былым дохутырхэм хуит зэращIамкIэ, тхылъымпIэ зыIыгъхэм фIэкIа лыхэкI ящэну хуиткъым. ЦIыхухэм я дежкIэ а узым шынагъуэшхуэ иIэкъым, ауэ сытым дежи узыхуэсакъыжыпхъэщ. Псом япэрауэ, ерыскъыр къабзэлъабзэу гъэхьэзырын, лыр фIыуэ гъэвэн хуейщ, абы къищынэмыщIауэ, гъэшхэкIхэр къытемыкъуэлъауэ зыIуплъхьэ хъунукъым. — Iуэхум и пэжыпIэр зэрыщытыр жыпIэну зэкIэ пасэщ. ИкIи абы ткIийуэ дыбгъэдыхьэу къызыщыхъуни щыIэу къыщIэкIынщ, ауэ «быдэ и анэ гъыркъым», — жиIащ Хьэсанэм. — Абы къишэнкIэ хъунур шынагъуэщ, экономикэ хэщIыныгъэу къыпэкIуэфынури мащIэкъым. Къэпсэлъэныгъэхэм къызэрыхэщамкIэ, ящур узыфэр ди республикэм къыщыхъеяуэ аракъым, атIэ Къэрэшей-Шэрджэсым къраша Iэщым къицIэлауэ аращ. НэгъуэщI Iуэхугъуэхэми щыхэплъащ Правительствэм и зэIущIэм. КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ Абазэ Барэсбий къызэхуэсахэр щыгъуазэ ищIащ проект щхьэхуэхэр ди лъахэм щагъэзэщIэн папщIэ, федеральнэ мылъкум къыхэкIыу сом мелуан 507-м щIигъу КъБР-м къызэрыхуаутIыпщынум, республикэ бюджетым щыщу абы сом мелуани 126-м щIигъу абы зэрыхалъхьэжынум. Абы къызэригъэлъэгъуамкIэ, нэхъапэ игъэщыпхъэхэм ящыщщ сабий садхэр иджырей мардэм тету зэгъэпэщыжыныр, гъэсапIэщIэхэр ухуэныр. Апхуэдэу къэпсэлъам къыхигъэщащ школ ныбжьым нэмыса цIыкIухэм папщIэ Налшык, Нарткъалэ, Прохладнэ, Къармэхьэблэ, Жэмтхьэлэ, Курп Ипщэ къуажэхэм сабий 970-рэ зыщIэхуэну садхэр щаухуэну зэрамурадыр. Щомахуэ Залинэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29636.txt" }
ФIыщIэ зэхуащI «Кавказыр Италием IуощIэ» проектым и V сессием ипкъ иткIэ, дыгъуасэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэкIуащ Италием Ипщэ, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округхэм щиIэ консул нэхъыщхьэ Лодиджиани Пьерпаоло зи пашэ гуп. ХьэщIэхэм япэ щIыкIэ къаплъыхьащ Бахъсэн куейм хыхьэ Ислъэмей къуажэм пэгъунэгъуу щыIэ, итальян технологиехэмкIэ къызэрагъэпэща жыг хадэр. КъыкIэлъыкIуэу ахэр кIуащ хуабэщхэм, жыг хадэхэм къыщагъэсэбэп щIэгъэкъуэнхэр щагъэхьэзыр заводым, Шэджэм куейм хиубыдэ «Агроком» тепличнэ комплексым, пхъэщхьэмыщхьэхэр зралъхьэ икIи щахъумэ матэшхуэхэр къыщыщIагъэкI «Строймаш» заводым. ИужькIэ делегацэр щыIащ итальян-испан технологиехэмкIэ Прохладнэ къалэм щIэрыщIэу къыщызэрагъэпэщыжа чырбыш заводышхуэм. Налшык дэт «Синдикэ» интур-хьэщIэщым итальян хьэрычэтыщIэхэм щаIущIащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Хьэсанэ Руслан, министерствэ зэмылIэужьыгъуэхэм я тхьэмадэхэр, республикэм и муниципальнэ куейхэмрэ къалэ округхэмрэ я Iэтащхьэхэр, нэгъуэщIхэри. Зэхуэсым хьэщIэхэмрэ бысымхэмрэ я Iуэху еплъыкIэхэмкIэ щызэдэгуэшащ. Апхуэдэу абыхэм къыхагъэщащ иужьрей илъэс зытIущым къриубыдэу итальян хьэрычэтыщIэхэмрэ ди республикэмрэ зэхуаIэ хъуа зэхущытыкIэхэм арэзы къызэрищIыр, дяпэкIэ нэхъыфIыжу зэдэлэжьэну гукъыдэж зэраIэр. Италием къикIа делегацэм теухуа тхыгъэ зыубгъуа ди газетым и къыдэкIыгъуэхэм ящыщ зым тетынущ. КЪУМАХУЭ Аслъэн.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29638.txt" }
Рэмэдан мазэмкIэ къыдохъуэхъу Рэмэдан нэщI мазэ лъапIэм зэрыщIидзам къыхэкIыу ди гъунэгъу республикэхэм я унафэщIхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен хъуэхъу телеграммэхэр къыхуагъэхьащ. Дагъыстэным и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Абдулатипов Рэмэзан къетх: «Гурэ псэкIэ уэри республикэм и муслъымэнхэми сынывохъуэхъу Рэмэдан мазэ лъапIэр къызэрихьамкIэ икIи псапэшхуэ зыпылъ нэщIым зэрыщIидзамкIэ. Ислъамым и лъапIэныгъэ инхэу лIэщIыгъуэкIэрэ къыддэгъуэгурыкIуэр щIэгъэкъуэн хуохъу дин зэмылIэужьыгъуэхэр зыIыгъ лъэпкъ щхьэхуэхэм ящыщ цIыхухэм яку дэлъ мамырыгъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ гъэбыдэным. Си фIэщ мэхъу муслъымэнхэм я дежкIэ лъапIэ мы махуэхэм Урысейм и лъэпкъхэу псэкупсэ къабзагъэм, Iуэху гуапэхэр ящIэным, я гъунэгъухэм ядэIэпыкъуным хущIэкъухэр зэрызэкъуагъэувэнур. НэщI мазэм и дэтхэнэ махуэри иреув Къытщхьэщытым и гущIэгъурэ фIыгъуэрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэм къахуэзыхьу». КъБР-м и муслъымэн псоми хъуэхъукIэ закъыхуигъэзащ Ингушым и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Евкуров Юнус-Бэч: «Рэмэдан мазэр дуней псом нэхъ пщIэшхуэ зыщыхуащI муслъымэн гуфIэгъуэхэм ящыщ зыщ. Абы дэ Iэмал къыдитащ ди хьэл-щэн нэхъыфIхэр дгъэбэгъуэну, гуапагъэмрэ захуагъэмрэ дыхуэлэжьэну. Мы мазэм муслъымэнхэм я Iэпкълъэпкъым и мызакъуэу, я псэри ягъэкъабзэ. Си гуапэщ Рэмэдан мазэ лъапIэм узыншагъэ быдэ, фIыгъуэ, гуфIэгъуэ фиIэну. Алыхьым и гущIэгъумрэ фIыгъуэмрэ фи Iэпэгъуу щрет». «Рэмэдан мазэ лъапIэм си гум къыбгъэдэкIыу уэри, лъэпкъ куэд щыпсэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэми сынывохъуэхъу фIыгъуэрэ зэщIэгъэгъэныгъэрэ фиIэну! НэщI мазэм и купщIэщ цIыху псоми я зэхуэдэ лъапIэныгъэхэу щыт гуапагъэмрэ гущIэгъумрэ, зэгъэкIуныгъэмрэ псэкупсэ къэбзагъэмрэ. Мы махуэ лъапIэхэм дэтхэнэ муслъымэнри хуэмыщIахэм, зеиншэхэм, зи закъуэу къэнахэм, сымаджэхэм ядэIэпыкъуну хущIокъу. НаIуэу зэрыщытщи, IуэхуфIхэрщ ди гъащIэр нэхъ къабзэ икIи нэхъ нэху зыщIыр. Рэмэданым Къэбэрдей-Балъкъэрым и дэтхэнэ унагъуэми дэрэжэгъуэрэ фIыгъуэрэ къахурехь. Уэри уи Iыхьлыхэми псэкупсэ къаруущIэхэр вгъуэтыну, насып, мамырыгъэ фиIэну сынывохъуэхъу!», — къетх Къэрэшей-Шэрджэсым и Iэтащхьэ Темрезов Рашид. КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29640.txt" }
Зыгъэпсэхугъуэ махуэм Шхыныгъуэхэр Пщымахуэ и шей Удзыр къыщыпаупщIыр щыгъэгъам дежщ, бадзэуэгъуэ, шыщхьэIу мазэхэрщ. Гъэгъам икI цIыкIухэр щIыгъуу паупщI, зэкIэрапхэри жьауапIэм е пкIэунэ хуабэм щыфIадзэ. Удзым жьы щIихуу щытын хуейщ. Ар зэрыгъуу яуб, хъуржыным иракIутэри, гъущапIэм щагъэтIылъ. Удын зытехуа цIыхум и дежкIэ сэбэпщ. Абы къыщIэвыкIа псыр упщIыIужа иужькIэ, фэбжь зытехуа щIыпIэм тхьэмпэр тралъхьэри япхэ. Пщымахуэ и тхьэмпэм къыщIэвыкIа псым къалмыкъ шей ирагъавэ, шэ, шатэпс хакIэ, шыгъу, шыбжий, джэдгын хадзэри. Лэкъум, мэжаджэ, чыржын драф. Зи жьэжьей узхэмкIэ сэбэпщ. Халъхьэхэр: Удз гъэгъауэ — грамми 100 Псывэу — литри 3 Шэ щIэмыхуу — литри 2 Шатэпсу — грамм 200 Шыгъуу, шыбжийуэ, буршу — узыхуейм хуэдиз. Прунж IэфI Шыгъу зыхэлъ псы къэкъуалъэм прунж лъэсар хакIутэри, къимыкIын щхьэкIэ зэIащIэурэ зэ къытрагъэкъуалъэ, тхъурымбэри къытрахыурэ. ИтIанэ мафIэр ешэхауэ, и щхьэр тепIауэ, зэIамыщIэу дакъикъэ 15 — 20-кIэ къагъавэ. Прунж вар кхъузанэм иракIэри, псы гъэва щIыIэ щIагъэж, кхъузанэр ягъэсысурэ. Прунжыр фалъэм иралъхьэри, фошыгъум и ныкъуэр тракIутэ, и щхьэр трапIэжри, упщIыIуху щагъэт. АпщIондэху чыщмыщыр ялъэс, кIэструлым иралъхьэ, псы хуабэ тIэкIу щIакIэ, фошыгъу къэнар хакIутэжри, мафIэ щабэм тету дакъикъи 5 — 6-кIэ къагъавэ. Фошыгъупсыр зыщIефри, чыщмыщыр плъыжь фIыцIафэ мэхъу. Ар ягъэупщIыIури, прунж упщIыIуам хакIутэ, хуэсакъыурэ бжэмышхкIэ фIыуэ зэхагъэзэрыхь. Абы шхурэ шатэрэ хакIэри, аргуэру зэIащIэ. Прунж гъэва IэфIыр гъэмахуэ шхыну ябж, щIыIэу яшх. Халъхьэхэр (цIыхуищ Iыхьэ): Псыуэ — грамм 400 Шыгъуу — грамми 2 Прунжу — грамм 80 Фошыгъуу — грамм 30 Чыщмыщу — грамм 30 Чыщмыщыр зэрагъэвэн псыуэ — грамми 100 Шатэу — грамм 250-рэ Шхууэ — грамм 250-рэ. Къубатий Борис. ГушыIэхэр Тыкуэнхэм я зэпеуэ Зэбгъурыту щыт тыкуэнищым щылажьэхэр сыт щыгъуи зэныкъуэкъурт щэхуакIуэ нэхъыбэ щхьэж и деж щIишэну хуейуэ. Зы махуэ гуэрым ижьырабгъумкIэ щыт тыкуэным тхылъымпIэ къыфIидзащ мыпхуэдэу иту: «Ди деж уасэхэр щынэхъ пудщ». СэмэгурабгъумкIэ щыт тыкуэным ар къызэрилъагъуу къыфIидзащ: «Ди деж щIэлъ хьэпшыпхэр нэхъыфIщ». Ику ит тыкуэным щIэт лIыр къыщIэувыкIати, зиплъыхьщ-зиплъыхьри, «Тыкуэнхэм я щIыхьэпIэ нэхъыщхьэр мыращ» жиIэу хьэрф пIащэхэмкIэ зытетха тхылъымпIэр къыщIихри и бжэм къыфIидзащ. ЩIэныгъэ нэхъыщхьэ Зэныбжьэгъу щIалитI зэхуэзащ: — Си къуэ жыIэмыдаIуэр лэжьапIэ къэпщтамэ арат. — КъэгъакIуэ, махуэм зы сыхьэт къыщIыхьэурэ компьютеркIэ иреджэгу, доллар мини 3 улахуэу хуэзгъэувынщ. — Хьэуэ, ар хъункъым, сэ щIалэр згъэлэжьэну сыхуейуэ аращ. — Абы щыгъуэм, махуэ ныкъуэкIэ щIрес, хъыбарыщIэхэм кIэлъыплъынщ, кофе ефэнщ, доллар мини 2 естынщ. — Хьэуэ, си къуэш, уэ жысIэр къыбгурыIуэркъым — махуэм сыхьэти 10 лажьэу, доллар 200 фIэкIа къимыхьу лэжьапIэ згъэувыну арат. — Къысхуэгъэгъу, ауэ абы щхьэкIэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ уиIэн хуейщ! «Сэ япэу шым сытетIысхьащ!» Жьынду Iущым и таурыхъхэр Епэр Мэзым къэкIыгъэхэр щымащIэкъым. Удз гъэгъахэри щыкуэд дыдэщ. Ахэр нэхъыбэу хуейхэм щыплъагъунущ. А хуейхэм плъыфэхэм я махуэшхуэ щекIуэкIым ещхьщ, апхуэдизкIэ удз гъэгъа зэмыфэгъу плъыфэбэхэр щикъухьащи. Жыгей абрагъуэм пэмыжыжьэу епэр цIыкIухэр куэду къыщыкIырт. Данэм хуэдэхэр, бэлацэу щабэ дыдэ епэр цIыкIухэр Iуву зэкIэщIэтти, удзыфэр зэбэкI мэзыр таурыхъым хэт алэрыбгъу фIэкIа зэрыпщIэн щыIэтэкъым. Епэрымэ гуакIуэри хьэуам мащIэу хэсыхьырт. Епэрхэм я дунейм зэгурыIуэныгъэмрэ тыншыгъуэмрэ щытепщэрт. Ауэ зэгуэрым… Зэгуэрым абыхэм егъэлеяуэ дахащэу зы удзыпэ цIыкIу къахэкIыкIащ. Ар адрейхэм зыкIи ещхьтэкъым. Абы епэрхэм ещхьу щIым зыхиубгъуэртэкъым, атIэ лъагэу зиIэтырт. Епэрхэр къэуIэбжьащ: мыри сыту пIэрэ? Епэрхэр зэрыгъэгузэващ: дэ дауэ дыхъужыну? Зэчэнджэщыжхэри унафэ ящIащ: дыпсэумэ, къэхъур тлъагъунщ. ИкIи къалъэгъуащ. Къыхэжа удзыпэм тхьэмпэхэр къытекIащ. Абы и фэри и щытыкIэри нэгъуэщIт. Пэжщ, удзыфэщ, ауэ нэгъуэщI удзыфэщ. ИтIанэ къэкIыгъэм щхьэ цIыкIу къищIащ. Епэрхэр пэплъэрт абы зыкъыщызэIуихыну махуэм. А махуэри къэсащ. Дэпсыпу плъыжьыбзэу лъэдий псыгъуэ цIыкIум удз гъэгъам и щхьэр фIэсысыхьу фIэтт. И кум ис нэ фIыцIэ цIыкIумкIэ уафэ къащхъуэм фIэгъэщIэгъуэну еплъырт. Епэрхэр къэуIэбжьащ: — Уэ ухэт? — СыIущхьэщ, — пагэу жэуап къитащ телъыджэлажьэм, ауи и щхьэ къудеи имыгъэщхъыу. Епэрхэр щызэIущащэм, нэхъ цIыкIу дыдэу яхэтыр къэгъащ: — Си анэу Дыкъэзыухъуреихь дуней, — здэгъым Iущащэрт а цIыкIур. — СыкъэгъэкI сэри Iущхьэу. Сакъыхэгъаплъэ сэри къэкIыгъэхэм лъагэу, дыгъэм зыкъезгъэгъэлъагъу, псори си дахагъэм къызэрыщытхъур зыхэзгъащIэ, — нэхъри зэщыджэрт епэр цIыкIур. — Умыгъ икIи уемыхъуапсэ, — къэIущэщащ анэр. — Мы гъащIэм псоми уасэ щиIэщ. Зы напIэзыпIэ гуфIэгъуэми уасэ щIэптын хуейщ. — Хьэуэ, хьэуэ, си анэ! СыхущIумыгъэгъуэж. КхъыIэ, Iущхьэу сыкъэгъэкI… Дыкъэзыухъуреихь дунейр щатэри арэзы хъуащ. И дамэхэр щIиупскIэщ, и набдзэхэр хишри… ди епэр цIыкIум и лъабжьэм зихъуэжащ. Иужь иту удзыпэ цIыкIу къыхэжащ, итIанэ тхьэмпэхэр, кIэлъыкIуэу и щхьэ цIыкIур. Аргуэру зы махуэ дэкIри, хуейм зы Iущхьэ къыщыгъэгъащ. Япэрейм нэхърэ нэхъ дахэу, нэхъ бжьыфIэу. А япэрейм и дахагъэр фIэкIуэдакIэт. Iущхьэ дахэкIейм и купсэм бжьэ кусэ цIыкIу итIысхьащи, и дамэ цIыкIухэмкIэ Iущхьэм и къапщIийхэр егъэкIыл. Сыту гухэхъуэ! Арат сэ сызыщIэхъуэпсар! Ауэ таурыхъ псоми кIэух зэраIэм ещхьу, ди Iущхьэ цIыкIуми и кIэух-чэзур къэблэгъащ. Пщэдджыжьым къепщэн щIэзыдза жьыбгъэ зэраншум лъагэу зыкъиIэтащ. Пшэхэр ирихужьэри, мэзыщхьэм щызэхуихусащ. Дыгъэм зыкъуидзэжри, зыIэзыбжьэу уэшх пIащэ хьэлъэр кърикIутащ. Ар пэгункIэ къракIых фIэкIа пщIэнтэкъым, абырэ жьыбгъэмрэ зэхьэзэхуэ хуэдэт. Жьыбгъэри етат: жыг щхьэкIэхэр еудыныщIэ, жыгыщIэ цIыкIухэр егъэгъуэлъ, къуацэхэм губжьауэ йофыщIауэ. Зэман дэкIыу жьыбгъэми уэшхми зызэтрауIэфIэжа иужь, Дыкъэзыухъуреихь дунейм и лъахэр къызэпиплъыхьащ. Дунейкъутэжыр епэр цIыкIухэр зэрыт хуейм ящхьэщыкIат: уэшхым иуфэнщIауэ, ауэ шына нэхъ лажьэ ямыIэу ахэр къызэтенат. Абыхэм я гъунэгъуу къыщыкI удзхэми зыкъыщхьэщаубгъуащ, езыхэми зыр зым кIэщIэпщхьэурэ захъумэжат. Ауэ дэнэ щыIэ ди хъуэпсэрилэ цIыкIур? А-а, мис ари… Жьыбгъэ къыщIэпщам абы и лъэдий махэ цIыкIур зэфIищIыкIри, и къапщIийхэр зэбгрипхъат. ЗэхэупIышкIуауэ, тхьэмыщкIафэ дыдэу ахэр тхьэмпэхэмрэ удзхэмрэ хэзэрыхьыжат. — Е, тхьэмыщкIэ цIыкIу, — яфIэгуэныхь хъуащ ар епэрхэм. Къарууншэ дыдэ хъуа удз гъэгъам зэхихащ а псалъэхэр. Хуэму зыкъиIэтри, абы къиIущэщащ: — Хьэуэ, си щхьэр фымыгъей. Сэ Iущхьэу сыщытащ. Сэ схузэфIэкIащ щIылъэм лъагэу сыщыкIыу уафэр зэрыиныр къэслъагъуну. Сэ сынасыпыфIэщ… Пэж дыдэуи, насыпыфIэу къыщIэкIынщ: ар мэзым къыщыкI псоми я гум къинащ. Епэр хъуэпсэрилэ цIыкIум теухуа мы таурыхъыр нанэ къызжиIэжат. Ар щIэх-щIэхыурэ кIуэрейт а хуейм. Ауэ Iущхьэ абы къыщыкIауэ афIэкIа зэи илъагъужакъым. Гуровэ Людмилэ. ЗэзыдзэкIар Мэлей ФатIимэщ. ЦIыхушхуэхэм я гупсысэхэр Хэт нэхъ губзыгъэ? ЦIыхуу ущытыным къикIыр укъэзыухъуреихь псомкIи жэуап зэрыпхьыр зыхэпщIэнырщ. Антуан де Сент-Экзюпери. Зы плъэгъуэм лъагъуныгъэр игъэужьыхыфынущ, апхуэдэуи зы плъэгъуэм къызэщIигъэстыжыфынущ. Шекспир Уильям. ГуапагъэкIэ узыхэмызагъэм ткIиягъкIи ухэзэгъэнукъым. Чехов Антон. Къэралыр щIыщыIэр дунейр жэнэт ищIын щхьэкIэкъым, атIэ жыхьэнмэ къимыгъэхъун папщIэщ. Бердяев Николай. Хэт нэхъ губзыгъэу къэплъытэнур? Мурад ищIам и нэхъыбэр зэзыгъэхъулIэфырщ. Абу-ль-Фарадж. Къыхуэт щымыIэу цIыхуфIи фIагъ гуэр зыхэмылъ цIыху икIи щыIэкъым. Ларошфуко Франсуа. Уи ныбжьэгъухэм я гуауи я гуфIэгъуи зэхуэдэу уабгъэдэтын хуейщ. Периандр. Ныбжьэгъу уимыIэмэ, сыт хуэдэ насыпми гур хигъахъуэркъым. Сенекэ. Мурад гуэр пщIыуэ уемыжьамэ, гъуэгу къыхэпхкIэ мыхьэнэ иIэкъым. Эмерсон Ральф. Ар пэжщ Щхьэж и гуэшэкIэ Зы лIы гуэрым унэлъапсэ зэгъэпэща къищэхуат, пхъэщхьэмыщхьэ къызыпэкIэ жыг хадэ дэгъуэ иту. Абы и гъунэгъуу щыст унэ кхъахэ щIэс лIы фыгъуэнэд. А лIым и гъунэгъум и дэрэжэгъуэр зэрикъутэным иужь итт, пщэдджыжь къэс ар и гум илъу къэтэджырт: зэ гъунэгъум и куэбжэпэм пхъэнкIий пэгун щрикIутынт, зэми гу зылъумытэнкIэ Iэмал зимыIэ икIагъэ гуэр ирищIэнт. КъэIэпхъуэжа гъунэгъущIэр зы пщэдджыжь дыгъэпс пщIантIэм къыдэувыкIри, аргуэрыжьу Iууащ тхьэщIэпс зэрыт пэгунышхуэ, ар и гъунэгъум къыхуигъэувауэ арат, и махуэр зэIигъэхьэн папщIэ. ПщIантIэщIэм къэIэпхъуэжагъащIэ лIым пэгуным ит псы фIейр ирикIутщ, къабзэу итхьэщIщ, и жыг хадэм пыт мыIэрысэ нэхъ ин дыдэхэр къыпичщ, пэгуным из ищIри, гъунэгъу фыгъуэнэдым дежкIэ екIуэкIащ. ЛIым и бжэм зыгуэр къыщытеуIуэм, и гур зэгъауэ егупсысащ: «ИкIэм- икIэжым сыхурикъуакъэ, къэзгъэгубжьащ!». Псалъэмакъ лъыхъуэу бжэр къыIузыха лIым и бжэщхьэIум гъунэгъущIэр тетщ. Абы мыIэрысэ тхъуэплъышхуэхэр изу зэрылъ пэгуныр къыхуишийри жиIащ: «Мыр къыпхуэсхьащ, щхьэж зыхуэкъулеймкIэ гуашэу аращ!». Псалъэзэблэдз ЕкIуэкIыу: 5. КIэлъыплъыну, ихъумэну дзыхь хуащIу зыгуэрым къыхуагъанэ. 7. Щыгъын. 9. ПхъащIэ Iэмэпсымэ. 11. Хугу хьэжыгъэм, тхъум, фошыгъум къыхэщIыкIа адыгэ шхыныгъуэ. 12. Чейм и «бгырыпх». 13. Ар шэмэджым дадзэ, пхъэм къыхэщIыкIащ. 14. Гъыринэ. 17. Джатэ лъэпкъыгъуэм щыщ Iэщэ. 19. Ухуэныгъэм къыщагъэсэбэп пхъэ пIащIэ кIыхь. 21. КъэгъэшыгъуафIэ. 22. УIэгъэм и лъэужь. 23. Дыгъуасэ хуэдэт уи щIалэр щыцIыкIуар, иджы … хъуащ. 24. Зэщхьэгъусэхэр, я бынхэр. 27. ГъэшхэкI. 30. Гу кIуэм … къыкIэреуд. 31. ХадэхэкI. 32. Пхъэщхьэмыщхьэ фIыцIэ-къащхъуафэ ткIыбжь хъурей цIыкIу. 33. Пхъэ сахуэ. 38. Къэрэшей-Шэрджэсым щыщ артист цIэрыIуэ. Абы и цIэр зэрехьэ Черкесск дэт драмтеатрым. 39. … дахэ зыкъом и Iэдакъэ къыщIэкIащ Къэжэр Индрис. 41. Пхъэ бжэмышхышхуэ. 42. Мэл … 43. Ди адыгэ театрым и режиссёр нэхъыщхьэу щыта, РСФСР-м и цIыхубэ артист. 45. Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм я къалащхьэ. 47. КъэгъэшыгъуафIэ. 48. ЦIыхухъуцIэ. 49. А къуажэм къыдэкIащ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужьу лIищ. 51. Узыдэмыхьэ … лы дэзщ. 53. Бдзэжьей лIэужьыгъуэ. 55. Тонн зыплIытху къэзышэч псэущхьэ. 56. ЗрагъэщIэращIэу, цIыхубзхэм зыкIэралъхьэ хьэпшып цIыкIу. 57. Уи бзэкIэ мыпсалъэ цIыху. Къехыу: 1. Къыдалъхуауэ, цIыхум и щIыфэм тет. 2. ЛъэныкъуитIыр IуэхукIэ зэпызыщIэ. Е фIыуэ зэрылъэгъуаитIыр зэхуэзыгъазэ. 3. Пхъэщхьэмыщхьэ быдэ. 4. Зэгуамыгъэжу псэущхьэм траха фэ. 6. Псым и кууупIэ. 8. Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ. ЕтIанэгъэ и ныбжьыр илъэс 80 ирокъу. 10. ТхъуцIынэр, шатэр ягъэвэжа нэужь ар къыщIонэ. 15. Псыщхьэ тещтыкIа. 16. ЛъхукъуэлIыр бгъэшэсмэ, ар фIеубыд. 17. КъуэкIыпIэмкIэ щыпсэу цIыхухъухэм пыIэ папщIэу я щхьэм кърашэкI щэкI. 18. Iэпслъэпс. 19. ЕуэкIыпIэ. 20. Бадзэжь. 25. Къуаргъым нэ хуащIати, … жиIащ. 26. Нэхъапэм адыгэм зэрахьэу щыта хьэкъущыкъу лIэужьыгъуэхэм ящыщ зыкъом а гъущIым къыхэщIыкIащ. 28. ПхъащIэ Iэмэпсымэ. 29. Щыхь пIащэ лъэпкъ. 34. Дзэлыкъуэ куейм хиубыдэ къуажэ. 35. Гъуом жылэм хъыбар ярегъащIэ: « … хъужыхэнхэ, зи лъэ вакъэ изылъхьэу илъэпкъар къуажэкум фыкъыщызэхуэс!». 36. Урысей Федерацэм и Къэзыбж палатэм и унафэщIу щытамрэ ди ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэмрэ я цIэр. 37. УэрэджыIакIуэ, Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и артист. 39. Лы лей зытемылъ, гъур. 40. Тэрч куейм щыщ къуажэ. Е жыг лIэужьыгъуэ. 42. Гъавэ, ерыскъыпхъэ хъумапIэ. 44. Бжэныфэм къыхэщIыкIа къэп. 46. Адыгэ лъэпкъ. 49. Игъэува уасэм пхутемыкI, кIэпIейкIэ нэф кIэрызыгъэхун зымыдэ цIыху. 50. Пасэрей Iэщэ. Ди зэманми спорт зэхьэзэхуэхэм ящыщ зым къыщагъэсэбэп. 52. МафIэсышхуэ. 54. ХадэхэкI. Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ. Бадзэуэгъуэм и 6-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр: ЕкIуэкIыу: 7. Къэрабэ. 10. Къэнжал. 11. Бланэ. 12. Налмэс. 14. Пхъампэ. 16. Джэш. 18. ЩIопщ. 20. Сату. 23. Фырэ. 26. Ригэ. 27. Брул. 28. Самэ. 31. Жызум. 32. Гурыхуэ. 33. Мылыф. 36. Хъурмэ. 37. Бжей. 38. Инал. 40. Арэф. 41. Ерыщ. 42. Ясир. 44. Къуэдз. 47. Дамэду. 49. Щхьэмыж. 51. Курыбэ. 52. Нэщанэ. 54. Псэлъыхъу. Къехыу: 1. Гукъанэ. 2. Ер. 3. Гъубжэ. 4. КIэпхъ. 5. КIуж. 6. Елгъэр. 8. Iулыдж. 9. Анэш. 13. МыщIэ. 15. Амур. 17. Шыпсыранэ. 19. Парт. 21. Армэ. 22. «Бгырысхэр». 24. Елыркъэш. 25. Псыхуабэ. 29. Ауз. 30. Дыд. 34. Куржы. 35. Дерс. 39. Ленэ. 40. Аркъэ. 43. Iуданэ. 44. Къуаргъ. 45. Дзыбэ. 46. Ажахъуэ. 48. Данэ. 50. Хьэсы. 53. Щэ. 55. Лъэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29645.txt" }
Упрофессорми уIэщыхъуэми цIыху узыщIыжыр уи цIыхугъэращ Мы гъэмахуэм къыздихьа хъыбарыфIхэм ящыщщ Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и институтым литературэ IэщIагъэхэм щыхурагъэджэну факультетыщIэ къызэрыщызэIуахыр. Абы и фIыгъэкIэ тхакIуэ, усакIуэ хъуну гукъыдэж зиIэ щIалэгъуалэм Мэзкуу нэс мыкIуэу Налшык щеджэну Iэмал яIэщ. КъудамэщIэм и унафэщI ЩауэцIыкIу Людмилэ «Шыхулъагъуэ» литературэ зэгухьэныгъэм хэт ныбжьыщIэхэм яхуэза нэужь, ди хьэщIэщым къедгъэблэгъащ. Мэзкуу еджакIуэ кIуэхэм къагъэзэжыркъым ЩауэцIыкIу Людмилэ — Сыт и щхьэусыгъуэр институтым факультетыщIэ къызэрыщызэIутхым? Республикэми Кавказ Ищхъэрэ псоми тхэным гукъыдэж хуэзыщI цIыхухэм я бжыгъэр куэдкIэ щынэхъыбэщ, псалъэм папщIэ, щIыкIи бжыгъэкIи нэхъ ин Вологдэ областым елъытауэ. Тхэным дихьэха щIалэгъуалэр литературэ щIэныгъэ зрагъэгъуэтын папщIэ республикэм икIыу къыщамыгъэзэжыр нэхъыбэщ, апхуэдэурэ ди цIыхущхьэр тфIокIуэд. Ар зы лъэныкъуэ. Мыдрейуэ, дэтхэнэ еджапIэ нэхъыщхьэми хузэфIэкI ищIэну и къалэнщ, ди институтми имыгъэунэхуа къару гуэрхэр зэрыкъуэлъыр дэри зыхыдощIэри, мы IуэхущIэм дытегушхуащ. Сэ институтым сыщолажьэри езгъэлеинкIи хъунщ, ауэ щIэныгъэрылажьэ гуп зэгъэуIуа хъуам литературэ щIэныгъэ зрагъэгъуэтыну щIэхъуэпсхэр гъуэгу тетшэфыну къысщохъу. Къэпщытэныгъэхэм я гугъу тщIымэ, япэрауэ, абы хохьэ напэкIуэцI пщыкIуий хъу литературэ лэжьыгъэ, усэн зыфIэфIхэм — сатыри 180-рэ. Бадзэуэгъуэм и 6-м езы къэпщытэныгъэхэр дублакIэщ: урысыбзэмрэ литературэмкIэ ЕГЭ-м къыщахьар зы. КъищынэмыщIауэ, щIэтIысхьэхэр сыхьэтиплIым и кIуэцIкIэ елэжьынущ «Си къуажэ», «Си еджапIэ», «ФIыуэ слъагъу тхакIуэ» жытIэу дгъэбелджыла тхыгъэхэм. Абыхэм пхыкIыфым щхьэхуэу егъэджакIуэхэр къепсэлъэнущ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, дэ къытфIэIуэхур ар иджыпсту зэрытхэракъым: и гупсысэкIэр, тхэным хуиIэ бгъэдыхьэкIэр, и зыужьыныгъэр здиунэтIыну зыхуей лъэныкъуэр. Ахэращ мыхьэнэ нэхъыщхьэ зиIэу щытынур. — ФакультетыщIэм фIыкIэ щогугъ анэдэлъхубзэкIэ дунейм къытехьэ тхыгъэхэр кIуэ пэтми нэхъ мащIэ зэрыхъум иригузавэхэр. Кавказ Ищхъэрэ псор къызэщIэзыубыдэ фи институтым кавказыбзэ къомыр зы факультетым щыхузэгъэзэхуэну? — Мы илъэсыр япэ лъэбакъуэу аращи, зэкIэ урысыбзэмкIэщ къызэрыщIэддзэр, урысыбзэкIэ тхэхэм я закъуэщ къедгъэблагъэр, ауэ хуэмурэ дыхуэкIуэну къыщIэкIынщ лъэпкъыбзэхэми. Шэч хэлъкъым бзэр лъэпкъым упызыщIэ къуэпсхэм я нэхъ быдэу зэрыщытым. Бзэр щымыIэмэ, лъэпкъри щыIэкъым. Ауэ бзэм и дежи къыщымынэу, зыгуэр зыхузэфIэкIын, гупсысэрэ щIэныгъэрэ зиIэ щIалэгъуалэр республикэм, къэгъазэ имыIэу, зэрикIым нэхъ дегъэгузавэ. Мы щIыпIэм ис лъэпкъхэм зэрахьэ хабзэхэм я фIыгъэкIэ, республикэм къинэ щIалэхэмрэ пщащэхэмрэ тIэкIу нэхъ псэ узыншэ яIэу къызэтенэу пIэрэ жыдоIэри, догугъэ. Хэкум къытхуигъанэм хуэдиз къэдгъэнэныр ди къалэнщ, ахэр езыхэр нэхъ хъума хъун папщIэ. — Уи щIэныгъэмрэ IэщIагъэмрэ дыхэбгъэгъуэзамэ, еджакIуэхэри нэхъ тегушхуауэ ныфхуеблэгъэнт. — Сэ ди институтым гуманитар щIэныгъэхэм хиубыдэ жылагъуэ-экономикэ IэщIагъэхэм я кафедрэм сриунафэщIти, мы литературэ факультетыр къудамэ хуэдэу абы къыщызэIуахыу аращ. Абы нэмыщI, ди институтым литературэм и тхыдэр, и теориер, эстетикэр щызогъэдж. Илъэс бжыгъэ хъуауэ «Нартхэм» гъуазджэр къызэрыхэщым солэжь. Ар зыхуэбгъэдэфын щыIэкъым, дунейм и зэхэлъыкIэр къыбгурызыгъаIуэ лэжьыгъэщ «Нартхэр», нэхъ куууэ сыхэджыхьыху, абы шэч къытезмыхьэжу сохъу. Лосев Алексей, Бахтин Михаил сымэ хуэдэ щIэныгъэлIхэм я лэжьыгъэхэм хуэдэ гуэр уеджа иужь, уогупсыс — дауэ абыхэм я тхылъхэм мыхьэнэншэ гуэр зэрагуэбгъэувэнур? «Нартхэм» я купщIэр нэгъэсауэ зыгурыбгъаIуэу цIыхухэм я пащхьэ къиплъхьэжыным жэуаплыныгъэшхуэ пылъщ, схузэфIэкIыну пIэрэ жыуигъэIэу. Арауэ къыщIэкIынщ си иужьрей сатырыр нэтхыса зэкIэ щIэмыхъур. ДыкъызыхэкIахэм депцIыжмэ, сыт дэ къытхуэнэжыр? — Дыадыгэщ жыдоIэ дэ псоми, абы къикI псом демыгупсысу. Адыгэ хьэлщ нэгъэсауэ уIэбэныр, узыхыхьэ Iуэхур Iуэху пщIыфыныр. Иджыпсту цIыхухэр утыку итыкIэкIэ, мылъкукIэ, хыхьэхэкI IэзагъкIэ зэпоуэхэри, лъэпкъыр къыумыцIыхужу апхуэдэщ. Адыгэм я нэхъ лъагэм нэхъ лъахъшэу зиIыгът сыт щыгъуи: пщым и унэр адрейхэм къазэрыщхьэщыкIышхуэ щыIэтэкъым. И цей нэгъунэ нэхъыфIтэкъым, кIуэ, шымрэ Iэщэмрэ и щхьэр къахъумэрти, а тIур нэхъ якъузырт, армыхъумэ, дунеягъэ хьэпшыпкIэ нэпсейуэ щытахэкъым дяпэ итахэр. Сэ си сабиигъуэми слъэгъуар ар дыдэращ. — Дэнэ ущыщ? — Къармэхьэблэ. Си адэ-анэр егъэджакIуэхэт. Тхылъ ди куэдт. Си дэлъхумрэ сэрэ урысыбзэкIэ дыпсэлъэну дыхэтти, ди адэшхуэм ар къытхуидэртэкъым. Унэ кIуэцIым адыгэбзэм къищынэмыщIа, щызэхихын и жагъуэт. ЗэхущытыкIэ дахэ ядэслъэгъуахэр сигу къинэжащ. Си анэшхуэм и адэ Абыдэ Шумахуэ Истамбыл университетыр къиухауэ щытащ, Къармэхьэблэ япэу еджапIэ къыщызэIузыхахэм ящыщщ, бзибл ищIэрт абы. ФIы щIэи, псым хэдзэ — арат и гъащIэ хабзэр. Архивышхуэ къыщIэнащ, зауэ зэманым нэмыцэхэм ящышынэри, пхъэм хагъэпщкIухьат, арщхьэкIэ дзыгъуэхэм яшхауэ къыщIэкIащ. Революцэ нэужьым къэкIуэжат и унагъуэр къыздищтэу ежьэжынуи, гъащIэ имыIэу къыщIэкIащ. Си адэмкIэ си адэшхуэм пщыхьэщхьэ къэс таурыхъ къыджиIэжырт, зыщIыпIи сыкъыщеджакъым сэ апхуэдэ. — Езым зэхилъхьэу арат? — СщIэркъым, ахэр таурыхъ жьы дыдэхэт. Нобэ зы сыхьэт, пщэдей зы сыхьэт, апхуэдэурэ къыпищэрт, ауэ я зэхэлъыкIэр гъэщIэгъуэн дыдэт. Адыгэмрэ абыхэм я бийхэмрэ зэрызэхуэзэ-зэрызэбгъэдэкIыжхэр, ЦIыхухъу щыгъынкIэ захуапэу Къэбэрдейр къезыгъэла бзылъхугъэхэр — хэмыт щыIэтэкъым абыхэм. ГъэщIэгъуэну си адэшхуэм дэслъэгъуахэм ящыщт цIыхур къызыхэкIам мыхьэнэуэ иритыр. Зэгуэрым зы хъыджэбз цIыкIу ныбжьэгъу къысхуэхъуат. — Ар уи ныбжьэгъуу ара? — жиIэри къызэупщIащ. — НтIэ, ар хъыджэбзыфIщ,- жызоIэ. — Хъыджэбз цIыкIур фIы хъунщ, ауэ пасэ зэманым абы и зыгуэрым и зыгуэрыжым гъуанэдэууэ цIыху иукIауэ щытащ. «Хуэсакъ, — жыхуиIэт, — укъимыгъэпэжынри хэлъщ». Тутын ефэныр ягъэикIэртэкъэ а зэманым? Апхуэдэу щIалэ гуэр, дзэм къулыкъу щищIэри къигъэзэжауэ, тутын ефэ пэтрэ дадэ къыхуэзащ. ЩIалэм тутыныр игъэпщкIуа щхьэкIэ, Iугъуэр дэнэ пхьынт? «Къысхуэгъэгъу, дадэ», — жи. «Сыт къыпхуэзгъэгъунур, тIу?», — жиIэри, къыфIэмыIуэху нэпцIу блэкIащ, арщхьэкIэ и щхьэ хуэшхыдэжу гъунэгъуу блэкIа фызым иIуэтэжащ: «КъыпхуэщIэнукъым иджырей щIалэгъуалэм я Iуэхур, я пэшыныр я тутыным теткIуэу…». Адрей си адэшхуэр колхозым и унафэщIт. Диным щеныкъуэкъу зэманрати, Мэзкуу хьэщIэ гуэр къикIауэ ислъамыр куууэ щызэрахьэ унагъуэхэр къызэхикIухьырт. Ди адэшхуэм ар къримышэкIыу хъунутэкъым, ауэ нэмэз щIыгъуэр къэсыху, шыгур къигъэувыIэрти, абдеж дыдэм нэмэз щищIырт, ирегубгъуэ, иреуэрам. ХьэщIэм бысымыр игу дыхьэщати, абы и фIыгъэкIэ къуажэм лей щызэримыхьэу дэкIыжауэ жаIэж. Унэм щIэта жьэгур, мафIэм идз ныбжьхэр сощIэж. Адыгэ унэм ток уэздыгъэ щыщIамышэм гум зыщигъэпсэхуу щытащ. Жэщым нэху куэдыIуэ зэрыщыIэм унэм и IэфIым зыгуэр кIэричауэ къысфIощI. Апхуэдэ нэхъыжьхэм тIэкIунитIэ нэхъ мыхъуми сарещхьыну дауэ сыхэмытынрэт? Си анэшхуэр зэрылIыкIар пщIэрэ? «УкIытэм ихьащ», — жаIэ. 1943 гъэм ди адэшхуэр партизанхэм яхэтти, дэнэ здэщыIэр, жиIэри, адыгэ полицай унэм къэкIуащ, нэмыцэхэм я гъусэу. Жэуап щызэхимыхым, мо «адыгэлIым» нанэ зыкъытришэщIащ. Къеуакъым, ауэ апхуэдэ хабзэншагъэ зымылъэгъуам и лъыр дригъэуейри, абы илIыкIауэ щытащ. Мис апхуэдэт адыгэ цIыхубзхэр. Къеуэн, и щхьэр щIихьауэ ягъэпсэун дэнэ къэна, плъагъурэ, и Iэр къиIэтати, модрейм и гум хуэхьакъым. Ар лъапIэ дыдэщ: цIыхухъур — цIыхухъуу, цIыхубзри — цIыхубзу щытыныр. Зыр адрейм емыгуауэу, мынэгъуэщIу. Си адэр хуабжьу псалъэу игъащIэм зэхэсхакъым. Ауэ къыщыщIыхьэм и деж псори шэжыпкъым хуэдэу дызэфIэтт. ДыкъызыхэкIахэм депцIыжмэ, сыт дэ къытхуэнэжыр? ТIощIрэ езанэ лIэщIыгъуэр къэсащ, иIэ, дывгъэгупсысэ! — Зы зэхуэс къэмынэу, Iэмал имыIэу адыгэбзэкIэ зы псалъэуха-псалъэухаитI яфIыхызогъэувэ. ИрыращIэ сызэрыадыгэри, абы сызэрыригушхуэри, адыгэ тхыдэм и напэкIуэцI гуэрхэр хьэлъэу си гум зэрилъри. Кавказ зауэм куууэ си Iыхьлы хэкIуэдауэ сыщыгъуазэкъым, ауэ ар зыхызощIэ, согугъэ лъэпкъгъэкIуэдым теухуауэ унафэ гуэр ящIыну. Ар псоми ди зэхуэдэ гукъеуэщ. Хьэмэрэ иджырей адыгэ щIалэхэм лъэныкъуитI защIауэ зыр адрейм езэуэжмэ, дауэ ар къызэрысщыхъун хуейр?! Едгъэсэн хуейщ щIалэгъуалэр гупсысэу. Я щхьэ пщIэ хуащIыжу. Мы дуней зэхэзэрыхьам хэкIыпIэ къыщагъуэтыфу, я лъэпкъ нэмысри, хабзэри, щэнхабзэри ящIэжу. Дэтхэнэ лъэпкъми и цIыхущхьэр ихъумэжыным мыхьэнэшхуэ иIэщ. Сыт къэбугъуеям и мыхьэнэр, ущымыIэжмэ. «Псэм и пэ — напэ» — ар дахэщ, шэч хэмылъу. Ауэ напэри зищIысыр пщIэуэ, уи щхьэр зэрыпхъумэнми иужь уитын хуейщ. — «Напэр» къызэрыбгурыIуэращ псори зэлъытар. ЩIыхь зыхэмылъым халъагъуэу арагъэнт. — Тхыдэм къыхощ напэри щIыхьри зыкъомкIэ пхэнжу къагурыIуэу зэрыщытар. Сыт нартхэр зытекIуэдэжар? ЦIыхуу щыIэм ятекIуэри Тхьэшхуэм зрапщытащ. Уэ уцIыху цIыкIущ, упэлъэщынукъым икIи къыпхуэгъунукъым. Сэ Къэзанокъуэ Жэбагъы и Iуэху еплъыкIэхэр сфIэзахуэщ, аращ си диссертацэр зытеухуауэ щытари. Псори IупщIщ икIи гъащIэм екIуу хозагъэ. «Зэманым декIур лIыфIщ». «ЛIыхъур фыз дэубзэщи, лIыбзыр фыз дэуейщ». «СыщыщIалэм Iэщэ сIыгъащ, иджы бжьын сопщIэ». Дунеймрэ гъащIэмрэ зэпэплъытыфу щытын хуейщ. Дэ ди щIэныгъэлI хъарзынэхэм зыкъом зэхуахьэсащ, зыкъомым тепсэлъыхьащ, ауэ тIощIрэ езанэ лIэщIыгъуэр къэсащ, «щIэныгъэ концепцэкIэ» зэджэм зихъуэжащ. ЩыIэр къэтIуэтэж къудей мыхъуу, тлъагъум къикIыр щызыгурыдгъэIуэн хуей лъэхъэнэм дынэсауэ къысщохъу иджы, иIэ, дывгъэгупсысэ! ИнтеллигенцэкIэ узэджэн диIэ? — Лъэпкъ гъащIэр ипэкIэ зымыгъэкIуатэр языныкъуэхэм дунеягъэ Iуэхухэм дызэрыдихьэхыIуам хуахь, адрейхэм — зэныкъуэкъун хьэлым. Уэ дауэ уеплърэ? — Адыгэ тхыдэр зызыIэту къеIэбыхыж параболэм хуэдэу солъагъу. Щэн-къэщэхунми мылъку зэлъэфэлIэнми гущыкI щыхуэтщIыпа зэман диIащ адыгэм. Иджы дыкъеIэбыхыжащ. Жэбагъы дахэу жиIатэкъэ: псэм удэмылажьэ. Дэ псэм дыщыдэлажьэ зэманым и лъагапIэм дитщ иджыпсту, абы хуэкIуа дунейм зыдедгъэкIуну дыхэтщи. ДызыузэщIын къару дылъыхъуэххэркъым. ЦIыхум и бохъшэм и кууагъкIэ, и унэм и лъагагъкIэ, и машинэм и кIыхьагъкIэ уасэ хуэбгъэувмэ, уэ езыр зыри уримыщIысу аращ. Сыт хуэдэ хьэлхэрат пщIэ зыхуащIыр нэхъапэм? АкъылыфIагъым, псэлъэкIэ пщIэным, зэфIэнахэр зэбгъэкIужыфыным, щIэныгъэм, щэныфIагъым, цIыху узыщIыж мис апхуэдэ зэфIэкI гуэрхэм. Иджы псори нэгъуэщIщ. Адыгэхэм игъащIэм яхэлъа тэмакъкIыхьагъыр иджы зыри къафIэмыIуэхуным хуэкIуащ. ИнтеллигенцэкIэ узэджэн диIэкъым. ДиIэщ я Iуэхум хуэIэзэ, я къалэн, IэнатIэ фIыуэ езыхьэкI цIыху щыпкъэ гуп, ауэ Iуэху еплъыкIэ узыншэ пхызыгъэкIыфын гуп зэуIуа я акъыл зэтехуэу слъагъуркъым. Сэ жысIэркъым къэралым е унафэм пэщIэтын хуейуэ. Интеллигенцэр сытым дежи адрейхэм къахэщхьэхукI гуэрщ, абы ущIыщышынэн щыIэкъым. Зи гугъу сщIыр цIыхур тIэкIу и щхьэ Iуэхум блэплъыкIыфу щытын зэрыхуейр аращ. Е щIакхъуэ Iыхьэ къэлэжьыным къарууэ яIэр зэрыщыту ихьрэ? — «ИнтеллигентагъкIэ» узыщыгугъхэр езыр щыгъыныкъуэ-щыгъыныпхъу дымыхъуауэ узиIэ! — Щыгъынымрэ унэ зэлъыIухамрэ къызэрызыфIагъэщIым хуэдэу лъапIэкъым, губзыгъэу убгъэдыхьэмэ. Ахъшэ куэд тумыгъэкIуадэуи дахэу упсэуфынущ. Сэ хамэ къэралхэм сыкIуэн сфIэфIщ. НэгъуэщIыпIэ ущыIэным уи къэухьыр еузэщI, умыгъэунэхуа щIэ гуэр зыхыбощIэ. Абы гъащIэм мыхьэнэ зимыIэу хэтыр кIэрегъэхури, мыхьэнэ зиIэм нэхъ уолIэлIэф. Унэр екIуу зэлъыIупхын, уэкIуу щыгъын къыхэпхыфын щхьэкIэ, къыхэхыкIэм мыхьэнэ нэхъ иIэщ ахъшэм нэхърэ. Сыт соминипщI къэблэжьу сом мин щищкIэ джэдыгу къыщIэпщэхунур? Е сом мин тхущIкIэ бостей? Иджыпсту дэтхэнэ цIыхубз журнал къащти, ущIэжу щIыхуэ къэпщтэным утригъэгушхуэу апхуэдэщ. Зи щхьэ унафэ хуэзыщIыж цIыхум къежьэ псоми зыдригъэхьэхынукъым. Хъыджэбз цIыкIухэм зрырахуапэ Версаче и IэдакъэщIэкIхэмкIэ. Сэ сом щитхукIи сиIэщ вакъэ, сом мин щэщIкIи сиIэщ. Илъэс 12-мрэ 30-мрэ я зэхуакум уитхьэкъуу сощI щыгъын гуэрым, адэкIэ — уIуплъэмэ, ууейр псынщIэу къыхэпхрэ уежьэжу ущытын хуейщ. — Щыгъын къыхэхыкIэми ущыуэм ущIегъуэжурэщ зэрызебгъасэр. ИтIанэ япэ Iэбэгъуэм хуиту гупсысэфыр гъащIэм лъэ быдэкIэ щыува гуэрщ, сыт жаIэн, дауэ къащыхъун жимыIэу? — Шэч хэлъкъым. Ди теплъэр дунейм «сэ сымыпхуэдэщ» жытIэу зыкъызэредгъэлъагъу Iэмалщ. Сэ си щхьэ пщIэ хузощIыж, уэри къысхуэщI жыпIэу аращ. КIагуэ зэфIэтхъа гуэр щытIагъи автобусым итIысхьэт. ТIощIрэ пщIэрэ къоIунщIынщ. Теплъэ нэсыр укъэзыхъумэ афэ джанэщ, Iэмэпсымэщ, дунейр къомыбгъэрыкIуэн хуэдэу. Аращ зыхуэпэкIэм и мыхьэнэр. Ауэ цIыхухъухэм ягу ирихьын папщIэ бзылъхугъэм дахэу зихуэпэн хуейщ, зэрыжаIэм сеувалIэркъым. Уи кууагъым е чэнжагъым и тепхъуэу аращ щыгъыныр. ЕкIуу утыку ихьэфу дэтхэнэ хъыджэбз цIыкIури егъэсэн хуейщ. — «ЦIыхухэм яхэгъуэщэн папщIэ» — жаIэ хабзэщ. — Абы уфIэкIыжу, «ФIыкIэ уакъызэрыхэщын», жыпIэми хъунущ. ФIыкIэ уакъыхэщу, ауэ укъызыфIэмыщIыжу: уи пщIэр лъагэрэ уи щхьэр лъахъшэу. Аращ цIыхукIэ узэджэнур, сэ сызэреплъымкIэ. Иджыпсту адэ-анэхэм я быныр гугъуехь псоми щахъумэну хэтщ. ЕджапIэр къаух, зэ «къэмыпщIэнтIауэ». ЩIалэ цIыкIур, псалъэм папщIэ, щIыIэми хуабэми исын, ешын хуейщ. Зэ иремыхъу зыгуэр, ирезауэ, треуж. Хъыджэбз цIыкIум Iуэху щIэкIэ, IэбэкIэ егъэщIэн хуейщ. ЦIыхубзращ унагъуэр зыухуэр. Ди зэманым ухуозэ «Дэ «дэIэпыкъуэгъу» диIэщи, икIи дыпщэфIэжыркъым, унагъуэ Iуэхуи къытлъысыжыркъым», — жызыIэ унэгуащэхэм. Сэ насыпышхуэу къызолъытэ уи унагъуэр уи IэкIэ бгъэшхэжыныр: шхыным Iэпкълъэпкъыр зэригъэлажьэм нэмыщI, метафизикэ гуэри хэлъщ, ар зыпщэфIми зэрапщэфI щIыкIэми куэд иIыгъщ. ЦIыхубзым цIыхухъум зригъэхъуэжыфынущ — Сыт хуэдиз хъыджэбзыфI плъагъурэ, гулъытэ нэс игъуэтмэ, зиузэщIыну хьэзыру. ЩIалэм хъыджэбзыфI и натIэ хъумэ, и насып къикIауэ аращ. Ар щIыжысIэр щIалэм хъыджэбзыр хуэгъэсэжынукъыми аращ. Фэ гуэр зытригъэлъэдэнурэ, зэрыщыту къэнэнущ, ауэ цIыхубз губзыгъэм цIыхухъум зригъэхъуэжыфынущ. — Ар цIыхубз Iуэху еплъыкIэмэ-щэ? — АпхуэдэнкIи мэхъу. — ЩIэныгъэлIхэм зэрабжымкIэ, адэ-анэм ягурэ я щхьэрэ щызэтемылъым и деж я сабийхэри гъащIэм щыщтэу, я щхьэ зэрахьэу къонэ. — Абы и щапхъэ гъунэжщ. Гуащэ-нысэ зэхущытыкIэм еплъ. Гуащэм щхьэ щыгъупщэжрэ езыр нысэу щытыху гугъу зэрехьар? Нэхъ Iэзэж Iуэхум хуэхъуауэ нысащIэм и фэр ирех. УхэмыIэбэмэ нэхъыфI сыт щыIэ? Уэ пфIэфIт уи гуащэр уи унагъуэ Iуэхум къыхэIэбэну? Щхьэ а щыуагъэ дыдэр пщIэн хуей? Гъасэ уи къуэр тэмэму: и анэми лей къытримыгъэхьэу, и унагъуэри хуэхъумэжу. Сэ сызэреплъымкIэ, щIалэм и щхьэгъусэм къызэрыщхьэщыжыфын акъыл имыIэмэ, ар зыщихъумэр и анэ дыдэрауи ирехъу, къыщIишэн щыIэкъым. Анэр анэщ, ар гурыIуэгъуэщ, ауэ езыми унагъуэ хъуну къалэн и пщэ дэлъщ: «Мамэ, умыгузавэ, дэ зэхэдгъэкIыжынщ». Ар жиIэфу щытын хуейщ. НысащIэри ардыдэращ. Абы къыхэкIыу унагъуэщIэр щхьэхуэу псэумэ нэхъыфIу къызолъытэ. Мыхъурэ — тэмакъкIыхьагъ, цIыху хэтыкIэ Iэзагъ, Iэсагъ! Хъыджэбзым цIыхухъум зэрыхущытыпхъэр, «къэгъэпцIэкIэр» ищIэн хуейщ. Ауэ арэзы щIыгъуейр, цIыхухъум пщIэ хуэзымыщIыр унагъуэ иухуэну хуэмыхьэзыру аращ. Гугъу Iей йохь нобэ ди цIыхубзхэр. ЦIыхухъум цIыхубзым Iуэху куэд къыхуригъэкIуэтэкIащ. Лъэпкъри, унэри, сабийхэри, лэжьыгъэри здихьын хуейуэ и къалэнщ. Ар тыншкъым, ауэ а псор къохъулIэным пщIэшхуэ пылъщ. БыныфI къызэхъулIэри апхуэдэ цIыхубз зэщIэкъуа зи унэгуащэрщ. Ноби цIыхубзхэр я закъуэ йоIэ, сабийхэр идогъаджэ, идогъашэ жаIэри, ауэ мылъкум деж псори щиухыу къазэрафIэщIыр щыуагъэщ. Пэжщ, тхъэжу теткъым ахэр бэзэрым щIымахуи гъэмахуи, абыхэм яхуэшхыдэхэри згъэзахуэркъым. Ауэ цIыхухъухэр унэм щIэсми мэхъу! ЦIыхубз губзыгъэм и лIым и пщIэр иIэтыну хэтщ сыт щыгъуи, езым зигъэлъахъшэу. Сыт къахуэнэр «адыгэлIхэм?» Тет а лъагапIэм укъемыхуэхыу. Нэхъ къуажэ тхьэмыщкIэ дыдэр къащти, щIы къеIыпхыу ущылажьэ мыхъун щIыпIэ щыIэкъым. Хьэуэ, зэрылIыфIым и щыхьэту ефэн хуейщ! Нобэр къыздэсым зы цIыху насыпыфIэ ищIакъым фадэ ефэным. Фадэ пщэнри наркотик пщэнри зэпэжыжьэу къысщыхъуркъым. Иджыпсту зыгуэрым ипхъу «аркъэ хъаныкъуэм» Iэрыхьамэ, дуней фIыгъуэр къеуэлIауэ ябж. Абы насыпыфIэ урихъуфыну пIэрэ, нэгъуэщI цIыху насыпыншэ зыщIым? Нэхъыбэ къуитамэ, уи фIыщIэри нэхъ ину щытын хуейщ. ФIыщIэ зыщIыфращ гъуэгу захуэм темыкIыр. Упрофессорми, уIэщыхъуэми — цIыху узыщIыжыр уи цIыхугъэращ. Сыт хуэдиз Iэмал щыIэ узэлэжьыжыну нобэ? Гупсысэ, еджэ, лъыхъуэ, зыкIэлъыплъыж, укъызыфIэмыщIыж. Епсэлъар Чэрим Марянэщ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29650.txt" }
Шэрджэсхэр зэрыгушхуэ Гъуэщокъуэ Хъусин Черкесск къалэ дэт драмтеатрым бадзэуэгъуэм и 5-м щекIуэкIащ шэрджэс литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъахэм ящыщ зы, РСФСР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Гъуэщокъуэ Хъусин Хьэнахъуэ и къуэр къызэралъхурэ илъэси 100 зэрырикъум теухуа пшыхь. Пшыхьым къыщопсалъэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ (ижьымкIэ щытщ) Къардэн Мухьэмэдрэ. ЗЭХУЭСЫм и пэщIэдзэм тхакIуэ цIэрыIуэм и къекIуэкIыкIам, и IэдакъэщIэкIхэм ятеухуа фильм кIэщI ягъэлъэгъуащ. 1913 гъэм Хьэбэз къуажэм къыщалъхуа щIалэ цIыкIур шэрджэс лъэпкъыр зэрыгушхуэ тхакIуэ цIэрыIуэ зэрыхъуар, къызыхэкIа унагъуэр, и гъащIэ гъуэгуанэр, и япэ IэдакъэщIэкIхэр зыщыщ лъэпкъым, хэкум ятеухуауэ зэрыщытар, и творчествэм зэрызиужьар, лъэпкъ зэныбжьэгъугъэр игъэлъапIэу зэрыпсэуар, КIыщокъуэ Алим, Теунэ Хьэчим, Кулиев Къайсын, Михалков Сергей сымэ щIэх-щIэхыу зыхуэзэ ныбжьэгъу пэжу зэриIар, жылагъуэ, политикэ, щэнхабзэ Iуэхухэм жыджэру зэрыхэтар къыхэщащ фильмым. Абы къыщопсалъэ Гъуэщокъуэр къалэмрэ цIыхугъэкIэ пыщIауэ къызыдекIуэкIа тхакIуэхэр, усакIуэхэр, апхуэдэуи езыр къыщыхъуа Адыгэ-Хьэблэ и зы уэрамым, а къуажэм дэт библиотекэм тхакIуэм и цIэр зэрыфIащар къыхощ. КъШР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Суюнов Джанибек къызэхуэса псоми фIэхъус псалъэкIэ захуигъэзащ икIи жиIащ шэрджэс совет литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъахэм ящыщ Гъуэщокъуэ Хъусин къыхуагъэфэща дамыгъэхэм, саугъэтхэм лъэпкъым хуиIэ лъагъуныгъэр зэрелъэпIэкIыр. — Гъуэщокъуэ Хъусин гъуэгу тынш зэи къилъыхъуакъым, ар сытым дежи лъэпкъым и джакIуэ нэсу щытащ, — жиIащ Суюновым. — Ар къызыхэкIа лъэпкъым бгъэдэлъ хъугъуэфIыгъуэм хуищIа хэлъхьэныгъэр къэплъытэмэ, Хъусин гъащIэ дахэ, екIу, гукъинэж, мыхьэнэшхуэ зиIэ къигъэщIащ. Пэжщ, абы и гъащIэ гъуэгуанэр бэIутIэIуншэу щытакъым, езым и ныбжь ит щIалэгъуалэр, иужькIэ балигъхэр зыхэта гугъуехьхэри игъэунэхуащ, ауэ сытым дежи къэнэжащ хэкупсэу, цIыху пэжу. Дэ сыт щыгъуи тхъумэнущ ди лъахэгъум и фэеплъхэр, тхэныр IэщIагъэ зыхуэхъуа щIалэгъуалэми ар гъуазэ яхуэхъунущ. Утыкум итщ «Черкесия» уэрэджыIакIуэ гупыр. АдэкIэ псалъэ зрата, филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, ЩIДАА-м и вице-президент, КъШР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Бэчыжь Лейлэ къытеувыIащ Гъуэщокъуэ Хъусин лъэпкъым и псэр хъумэным, и псалъэр мыкIуэдыным зэрыхуэлэжьам. — Си лэжьыгъэм и пэщIэдзэр зэпхауэ щытари зыунэтIари Гъуэщокъуэ Хъусинщ жысIэмэ, сыщыуэнукъым, — жиIащ Лейлэ. — Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, аращ литературэ гъуэгу сытезыгъэхьари, псэуху чэнджэщэгъуу сиIари. Псалъэр зыгъэбзэфымрэ зи щхьэм акъыл илъымрэ сыт щыгъуи пщIэ хуащIу къекIуэкIащ, мис абыхэм щIэбэну псэуа зауэлIу къысщохъу Хъусин. «ГъукIэр дунейм ехыжмэ, ищIар къэнэнущ, цIыху Iущыр лIэмэ, жиIар къэнэнущ», — жаIэ. Нобэ дэ къытхуэнащ Хъусин жиIахэр, и щхьэ закъуэ мыхъуу, лъэпкъ псом къабгъэдэкI псалъэщ абы и IэдакъэщIэкIхэр. Ар хущIэкъуащ и псалъэр шэрыуэу щигъэтыным икIи егугъуащ цIыхубэм ар зэхащIыкIыным. «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд утыкум къыщрагъэблагъэм къыхигъэщащ Гъуэщокъуэ Хъусин 1965 гъэм къицIыхуауэ зэрыщытар, ар къэбэрдей тхакIуэхэмрэ усакIуэхэмрэ я ныбжьэгъуфIу зэрыпсэуар. Гъуэщокъуэр зыхуэлэжьа адыгэ литературэм нэхъри зиужьыну, бзэр цIыхубэм яIурылъыну, лъэпкъыр дяпэкIи ефIэкIуэну, тхакIуэ цIэрыIуэм и фэеплъыр нобэрейхэм гъуазэ яхуэхъуну хъуэхъуащ ХьэфIыцIэр. Апхуэдэу тхакIуэм къикIуа гъуэгуанэм хэлъа купщIэмрэ и IэдакъэщIэкIхэм я мыхьэнэмрэ къыхэщу къэпсэлъащ КъШР-м и цIыхубэ усакIуэ Хубиев Назир, филологие щIэныгъэхэм я кандидат, КъШКъУ-м и доцент Алиев Рахай, Хьэбэз, Адыгэ-Хьэблэ районхэм къикIа лIыкIуэхэр, нэгъуэщIхэри. КъШР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ Бэчыжь ФатIимэ министерствэм къыбгъэдэкI щIыхь тхылъхэмрэ Гъуэщокъуэм и IэдакъэщIэкIхэр зэрыт тхылъ зырызрэ яритащ усэ къеджэнымкIэ республикэм щекIуэкIа зэпеуэм щытекIуа ныбжьыщIэхэм. ЩIалэ цIыкIухэмрэ пщащэхэмрэ къеджащ Хъусин и «Лъэтеувэ», «Анэ», «Жыгхэр мэкI», нэгъуэщI усэхэм. КъШР-м лъэпкъ IуэхухэмкIэ, цIыхубэ коммуникацэмрэ печатымкIэ и министр Кратов Евгений къыхигъэщащ Гъуэщокъуэ Хъусин и литературэ IэдакъэщIэкIхэр Къэрэшей-Шэрджэсым и мызакъуэу, къэралым и литературэм и хэлъхьэныгъэшхуэу къызэрилъытэр, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ куэдым къахэкIахэм Хъусин я лэжьэгъуу, ныбжьэгъуу зэрыщытар щапхъэ зэрахуэхъур. Апхуэдэуи Гъуэщокъуэр къызэралъхурэ илъэси 100 зэрырикъум ехьэлIауэ екIуэкIа Iуэхугъуэхэм жыджэру хэлэжьыхьахэм министерствэм къыбгъэдэкI фIыщIэ, щIыхь тхылъхэр яритащ. АдэкIэ утыкум кърагъэблэгъащ Черкесск и къалэ Думэм и унафэщIым и къуэдзэ, журналист цIэрыIуэ Гъуэщокъуэ Инал Хъусин и къуэр. Абы къыхигъэщащ мазищым къриубыдэу и адэм теухуа Iуэхугъуэ куэд зэрекIуэкIар, сабийхэри балигъхэри жыджэру зыхэта конференцхэр, зэIущIэхэр, зэпеуэхэр республикэм и район зэмылIэужьыгъуэхэм къызэрыщызэрагъэпэщар икIи фIыщIэ яхуищIащ абы иужь итахэм. Пшыхьыр ягъэдэхащ «Iуащхьэмахуэ» къэрал къэфакIуэ ансамблым, КъШР-м и цIыхубэ артист Шумахуэ ХьэзрэIил, «Черкесия», «Абазги», «Джигитей», «Шагъдий» уэрэджыIакIуэ гупхэм. НэщIэпыджэ Замирэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29653.txt" }
Зэманыр къыпызыбжыкIыр Сыхьэт гъэщIэгъуэнхэр, зыми емыщхьу, зэпкърилъхьащ налшыкдэс Евдокимов Андрей. Сыхьэтхэм я пкъыгъуэхэр зэрыщыту пхъэм къыхэщIыкIащ. IэпщIэлъапщIэм къигъэсэбэпар жыгей, пхъэхуей, бзииху хуэдэхэрщ. Нэхъ гъэщIэгъуэнращи, сыхьэтыр зэрылэжьэну Iэмалхэри езым къигупсысыжащ. — «Заводхэм къыщыщIагъэкIхэм ехьэехуэнущ мы сыхьэтхэр, — жаIэ Андрей и IэдакъэщIэкIхэр зылъэгъуахэм. — ИкъукIэ лэжьыгъэ пэщэщэнейуэ жыпIэ хъунущ абы зригъэхъулIар, уолъагъу зэмылIэужьыгъуэу ищIа и сыхьэтхэм ар хуабжьу зэрелIэлIар, зэрегугъуар». ИлъэситIым къриубыдэу Андрей сыхьэт лIэужьыгъуиплI ищIащ икIи мы зэманым абы щIэупщIэ иIэ хъуащ. ДызэрыщыгъуазэмкIэ, сыхьэтхэм щIэупщIахэм яхэтщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и музейхэри.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29655.txt" }
Къалэм зиужьын щхьэкIэ Къэбэрдей уэрамым и 17-нэ унэм къедзылIа пщIантIэр зэIузэпэщ щIыным теухуауэ къызэрагъэпэща литературэ пшыхьыр хыхьэрт «Периметр» зыфIаща Iуэхум. А пщыхьэщхьэм хэтащ Налшыкрэ Владикавказрэ щыщ усакIуэхэмрэ тхакIуэхэмрэ. Америкэм и Штат Зэгуэтхэм къикIыу зэIущIэм кърихьэлIа хьэщIэр къеджащ «Жди меня и я вернусь» усэм. Пшыхьыр гуапэ зыщIахэм ящыщт республикэм и классикхэу Кулиев Къайсынрэ Къэшэж Иннэрэ я IэдакъэщIэкIхэр абы зэрыщыIуар, къинэмыщIу тхакIуэ ныбжьыщIэхэм я лэжьыгъэхэри утыку къызэрырахьар. Зэхуэсахэм псом хуэмыдэу гукъинэж ящыхъуащ Владикавказ щыщ Елекоевэ Кристинэ къызэджа и усэ хьэлэмэтхэр. Литераторхэм яхэтащ КъБР-м ХъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министерствэм и IэщIагъэлIхэу Жанатаевэ Мадинэрэ Щомахуэ Дарьерэ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, махуихкIэ екIуэкIа зэхыхьэхэр зытещIыхьауэ щытар щэнхабзэм и лэжьакIуэхэр, акъыл жан зиIэ щIалэгъуалэр хьэрычэт Iуэхум хэтхэм япыщIэнырщ, къалэм зезыгъэужьыну проект зэмылIэужьыгъуэхэр къагъэсэбэпу зэдэлэжьэнырщ. Мы Iуэхур къызэригъэпэщат «Столком» творческэ лъэщапIэм, «Дахэ» жылагъуэ зэгухьэныгъэмрэ Налшык щIыпIэ администрацэмрэ и дэIэпыкъуэгъуу. ЗэIущIэхэр, мастер-классхэр ирагъэкIуэкIащ, кино ягъэлъэгъуащ. БАЖЭНЭ Беслъэн.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29663.txt" }
Гъэ еджэгъуэщIэм зыхуагъэхьэзыр Тэрч куейм и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Пэнагуэ Максим я пашэу районым иджыблагъэ щекIуэкIащ абы хиубыдэ курыт школхэм, гъэсапIэхэм я унафэщIхэр зыхэта зэIущIэ щхьэпэ. Абы щытепсэлъыхьащ 2013 — 2014 гъэ еджэгъуэщIэм а IэнатIэхэм зэрызыхуагъэхьэзыр щIыкIэм. ЗэIущIэм къыщагъэнэIуащ гъэ еджэгъуэщIэм хуэхьэзыру ирихьэлIэжын папщIэ, сыт хуэдэ Iуэхугъуэхэр япэ игъэщыпхъэми, сыт хуэдэхэм мылъкушхуэ текIуэдэну хуагъэфащэми. ЩIыналъэ егъэджэныгъэ IэнатIэхэм зегъэужьыным хухэха федеральнэ программэм ипкъ иткIэ, зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр ирырагъэкIуэкIыну Тэрч куейм и школхэм къыхуаутIыпщащ псори зэхэту сом мелуани 8-рэ мин 205-рэ. Ахэр трагъэкIуэдэнущ нэхъ зэгъэпэщыжыпхъэу къалъыта еджапIи 5-м. Апхуэдэхэщ «Алмаз» санаторэ-профилакторэр (ар зэрагъэпэщыжынущ зи узыншагъэм сэкъат иIэ сабийхэм папщIэ гъэсапIэу), Тэрч къалэ дэт школ №4-р, Плановскэ къуажэм и курыт школ №2-р, Акъбащ Ипщэ къуажэм дэт пэщIэдзэ школыр, Хьэмидей жылэм дэт курыт школыр. Лэжьыгъэхэр пыщIащ унащхьэхэр зэхъуэкIыным, псы хуабэ зрикIуэ бжьамийхэр зэгъэпэщыжыным, бжэ-щхьэгъубжэхэр хъуэжыным, нэгъуэщIхэми. А ахъшэм къищынэмыщIауэ, а федеральнэ программэ дыдэм и нэгъуэщI статьямкIэ щIыпIэ еджапIэхэм иджыри хухахащ сом 1 мелуанрэ мин 487-рэ. Ахъшэр трагъэкIуэдэнущ къуажэ школхэм ящыщу щым я зытхьэщIыпIэхэр зэхъуэкIыным, Тэрч къалэм дэт курыт школ №2-мрэ Дей курыт школымрэ псы хуабэ зрикIуэ я бжьамийхэр зэхъуэкIыным. Апхуэдэу Ново-Хьэмидей дэт курыт школым и спорт залым зыгъэпскIыпIэхэр щIагъэувэнущ, Курп Ищхъэрэ курыт школым и шхапIэр зэрагъэпэщыжынущ, Арыкъ къуажэм дэт курыт школым медицинэ пэш къыщызэIуахынущ. Федеральнэ мылъкум дэщIыгъуу зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэм хуаутIыпщынущ щIыпIэ бюджетым къыхэкIыу сом 1 мелуан. Ар зэхуэдэу трагуэшэнущ куейм и еджапIэ 23-ми. ШыщхьэIум и 1-м ирихьэлIэу зэфIэкIауэ щытын хуейщ зи гугъу тщIа лэжьыгъэ псори. Ахэр гъэзэщIа зэрыхъуар къипщытэнущ шыщхьэIум и 5-м къыщыщIэдзауэ куейм щылэжьэну комиссэ хэхам. КIУАНТIЭ Замирэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29667.txt" }
Зэман гъуэзэджэ Бдзэжьей къуэлэнхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и хъугъуэфIыгъуэхэм, и къулеигъэхэм ящыщщ. Абыхэм я хэщIапIэр псыежэх къабзэхэрщ. Псынэпс гуэл щIыIэхэми уащрохьэлIэ. Ауэ ди псыежэххэр зэрауфIейм, браконьерхэр зэрыетам я зэранкIэ, бдзэжьей къуэлэнхэр хэпщIыкIыу мащIэ мэхъу. Абы къыхэкIыу, дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэнымкIэ IуэхущIапIэхэм я лэжьыгъэр иужьрей илъэсхэм щIагъэткIиящ, щхьэхуещэхэм нэхъ жыджэру япэщIэтщ. Къэпщытэныгъэхэр, къэхутэныгъэхэр идогъэкIуэкI, бдзэжьей къуэлэн хьэмцIажьэхэр ди псыежэххэмрэ арыкъхэмрэ гъэ къэс хыдоутIыпщхьэ. ЕдгъэкIуэкI кIэлъыплъыныгъэхэм хыхьэу, ди къуршыпсхэм, псынэ къыщIэжхэм, ди гуэлхэм нэхъыфIу щезэгъ лIэужьыгъуэхэр зыхуэдэр, абыхэм я зыужьыкIэр, я бэгъуэкIэр зыдогъащIэ, нэгъуэщI Iуэху щхьэпэхэри зэфIыдогъэкI. Иужьрей илъэситIым а бдзэжьей лIэужьыгъуэ лъапIэм я хьэмцIажьэу мелуанрэ мин щитхум щIигъу псыхэм хэдутIыпщхьащ. Абы и лъэныкъуэкIэ лэжьыгъэ щхьэпэ зэфIагъэкI Шэджэм куейм бдзэжьей къуэлэн къыщрагъэш заводым и IэщIагъэлIхэм. Экономикэ щытыкIэ гугъум щхьэкIэ къэмынэу, бдзэжьей жылэу мелуанитIым щIигъу ирагъэдзащ, кърагъэшам и процент 90-р яхъумащ. Абы и фIыщIэ куэд хэлъщ заводым и унафэщI, къызэгъэпэщакIуэ Iэзэ Бэрэздж МуIэед. Дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэнымкIэ IуэхущIапIэхэмрэ заводымрэ зэуIуу зэрызэдэлажьэм ди псыежэххэм бдзэжьей къуэлэнхэр щагъэбэгъуэжыну дыщогугъ. Гъэмахуэр бдзэжьеящэхэм я дежкIэ зэман гъуэзэджэщ. Абыхэми, псым и хъугъуэфIыгъуэхэр хуэсакъыу зыхъумэ, бдзэжьей зэмылIэужьыгъуэхэр кърегъэшыным, гъэбэгъуэным зи нэIэ тезыгъэт IэщIагъэлIхэми я махуэмкIэ сохъуэхъу. Я мурадхэр къехъулIэну, я зэфIэкIым хагъэхъуэну, я лэжьыгъэм и хъер ялъагъуну си гуапэщ. Якимов Андрей, «Запкаспрыбвод» ФГБУ-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и унафэщI.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29669.txt" }
ПщIэншэу ират «Урысей Федерацэм и цIыхухэр псэупIэ езэгъырабгъукIэ, тыншыпIэ зиIэкIэ къызэгъэпэщыным, псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэм и Iуэхутхьэбзэхэр егъэфIэкIуэным хуэунэтIауэ лэжьыпхъэхэм я IуэхукIэ» 2012 гъэм накъыгъэм и 7-м УФ-м и Президентым къыдигъэкIа Указ №600-р ягъэзэщIэн мурадкIэ, КъБР-м и Правительствэм къищтащ псэупIэ щаухуэн папщIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал мылъкум щыщ щIы Iыхьэхэр цIыху щхьэхуэхэм пщIэншэу зэрыхупачыну щIыкIэм теухуа унафэ. Къалэ округхэмрэ муниципальнэ районхэмрэ щIыпIэ унафэр зезыгъакIуэ я IуэхущIапIэхэм муниципальнэ мылъкум хыхьэ щIы Iыхьэхэр цIыхухэм пщIэншэу иратын щхьэкIэ зыхуей пщалъэ правовой актхэр ягъэхьэзыращ. Мы зэманым гъунапкъэхэр ягъэбелджылыурэ, къэрал кадастрым щатх, щIы Iыхьэ зратынухэр учетым ягъэув. Республикэм дежкIэ япэ игъэщыпхъэ къалэнхэм ящыщщ унагъуэшхуэхэм хухах щIыпIэхэм я инженер инфраструктурэр зыхуейхэмкIэ къызэгъэпэщыныр. ПсэупIэ хуэныкъуэу, бынищ е нэхъыбэ зыпI унагъуэшхуэу 10.017-рэ муниципалитетхэм я учетхэм щытщ. Апхуэдэхэм ящыщу хуейхэм щIы Iыхьэхэм я пIэкIэ ахъшэ иратынущ. ПсэупIэ езэгъырабгъум и рынокыр убзыхуным, мыкоммерцэ псэупIэхэм зегъэужьыным елэжьыну гуп республикэм къыщызэрагъэпэщащ. КъБР-м и Парламентым къищтащ «Къэбэрдей-Балъкъэрым псэупIэ кредитхэр зрат цIыху щхьэхуэхэм къэралыр социальнэу зэрадэIэпыкъунум и IуэхукIэ» законым и проектыр. Абы къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, цIыху щхьэхуэхэм ипотекэ щIыхуэхэр къыщащтэкIэ, къэралым защIигъэкъуэнущ. Апхуэдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм къищтащ «КъБР-м и республикэ бюджетым и хьэкъкIэ анэ мылъкум и къэрал сертификат зрата цIыхухэм хухах ипотекэ кредитым щхьэщатыкIыпхъэхэм щыщ Iыхьэ зэрыхуатыжыну щIыкIэм и IуэхукIэ» унафэ. Ар къызэрагъэпэщ щIыхуэ къэзыщтэмрэ банкым и лIыкIуэмрэ кредит зэгурыIуэныгъэ щызэращIылIэ зэманым хуэзэу УФ-м и Банк нэхъыщхьэм игъэувам и процент 50-р абы зэрыхалъхьэм тещIыхьауэ. Унафэр гъэзэщIэным республикэ бюджетым щыщу сом мелуани 3 мы гъэм хухахащ. Къэрэщей Элеонорэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29671.txt" }
Зи цIэр тхыдэм къыхэна Республикэ стоматологие центрым и пщIантIэм бадзэуэгъуэм и 10-м зэIущIэ гуапэ щекIуэкIащ. Налшык къалэ округым щIыпIэ самоуправленэмкIэ и органым и советым къищта унафэм ипкъ иткIэ, а IуэхущIапIэм фIащащ илъэс куэдкIэ абы и унафэщIу щыта, КъБР-м щIыхь зиIэ и дохутыр Тхьэзэплъыж ТIулэ Хъызыр и къуэм и цIэр. Дохутыр цIэрыIуэм и къуэ Тхьэзэплъыж Мурат и адэм и фэеплъу стоматологие центрым и пщIантIэм абы и бюст щигъэуващ. ЗэIущIэм кърихьэлIащ КъБР-м и Парламентым, Правительствэм я лIыкIуэхэр, республикэм щыIэ стоматологие поликлиникэхэм я дохутыр нэхъыщхьэхэр, дохутыр цIэрыIуэм и ныбжьэгъуу, лэжьэгъуу щытахэр, и благъэхэр, Iыхьлыхэр. Республикэ стоматологие центрым и унафэщI МахуэлI Аслъэн зэIущIэр къызэIуихри, къызэхуэсахэм ягу къигъэкIыжащ Тхьэзэплъыж ТIулэ и гъащIэм и къекIуэкIыкIар. Узыншагъэр хъумэн IэнатIэм илъэс 60-м щIигъукIэ щылэжьащ Тхьэзэплъыжыр. Налшык къалэ дэт медицинэ училищэм дзэм щеIэзэ и къудамэр 1941 гъэм къиухри, а илъэс дыдэм лэжьыгъэм пэрыхьащ. Зауэ, абы и ужь лъэхъэнэхэм ар Шэджэм, Урожайнэ, Лэскэн, Налшык районхэм узыншагъэр хъумэн я IэнатIэхэм я унафэщIу щытащ. 1952 гъэм щыщIэдзауэ республикэ сымаджэщым и стоматологие къудамэм и унафэщIу лэжьащ. 1959 гъэм ар ягъэуващ Республикэ стоматологие поликлиникэм и нэхъыщхьэу. Абы и унафэкIэ стоматологие къудамэхэр къыщызэрагъэпэщащ Бахъсэн, Май, Тэрч, Аруан, Прохладнэ районхэм. Апхуэдэу Налшык къыщызэIуахащ къалэ стоматологие поликлиникэ. Аращ зи фIыщIэр промышленнэ предприятэхэм, егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэм дзэм щеIэзэ пэшхэр яIэу зэрыщытар. 1974 гъэм щегъэжьауэ 1985 гъэ пщIондэ Тхьэзэплъыжыр щытащ республикэм и стоматологие зыужьыныгъэм кIэлъыплъ IэнатIэм и унафэщIу. 1985 гъэм щегъэжьауэ ар лэжьащ стоматологиемкIэ щIэныгъэ-медицинэ зэгухьэныгъэм, иужькIэ КъБР-м и дзэ дохутырхэм я ассоциацэм и тхьэмадэу. Портэ Галинэ Абы и къалэмыпэм къыщIэкIащ щIэныгъэ лэжьыгъэ куэд, сытым дежи гулъытэ хуищIырт дзэ узыфэхэм еIэзэным теухуа IэмалыщIэхэм щыгъуазэ зыщIыным, ахэр гъащIэм хэпща хъуным. Апхуэдэу псэ хьэлэлу и лэжьыгъэм зэрыпэрытам папщIэ Тхьэзэплъыж ТIулэ мызэ-мытIэу ягъэпэжащ къэрал дамыгъэхэмкIэ. Абы къахуагъэфэщащ «ГуащIэдэкIым и Бэракъ Плъыжь» «Узыншагъэр хъумэн IэнатIэм и отличник» орденхэр, «ГуащIэдэкI хьэлэлым папщIэ», «Лэжьыгъэм и ветеран» медалхэр. — Нобэ зи фэеплъыр дгъэлъапIэ цIыхум и пщIэ лъагэр и гуащIэдэкI хьэлэлымкIэ къилэжьащ, — жиIащ КъБР-м и Правительствэми УнафэщIым и къуэдзэ Портэ Галинэ. — Ар зыцIыхуу щытахэм ягу къызэринар лэжьакIуэ емызэшущ. Зауэ лъэхъэнэм лэжьэн щIидзэри, и гъащIэ псор триухуащ республикэм и стоматологие IэнатIэр зэфIэгъэувэным. Абы зэфIигъэкIахэм куэдкIэ елъытащ нобэ дзэм щеIэзэ IэнатIэм иIэ зыужьыныгъэр. Тхьэзэплъыж ТIулэ гулъытэшхуэ хуищIырт IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэр гъэхьэзырыным, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ абы фIы дыдэу къыгурыIуэрт а IэнатIэм адэкIэ зиужьынымкIэ а Iуэхум мыхьэнэшхуэ зэриIэр. Тхьэзэплъыжыр епцIыжакъым зэгуэр къыхиха IэщIагъэм, фIэщхъуныгъэрэ пэжыгъэрэ хэлъу ар егъэфIэкIуэным хущIэкъуащ. Абы хузэфIэкIащ езыр иджыри псэууэ и цIэр тхыдэм къыхинэн. Бер Мухьэдин Портэ Галинэ къеджащ Республикэ стоматологие центрым КъБР-м щIыхь зиIэ и дохутыр Тхьэзэплъыж ТIулэ Хъызыр и къуэм и цIэр фIэщыным теухуауэ КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен къыдигъэкIа Унафэм. Дохутыр цIэрыIуэм и цIэр езыр щылэжьа IуэхущIапIэм фIэщыжыныр къыхэзылъхьахэм гукъэкI дахэ зэращIар, республикэм и стоматологием и лъабжьэр зэригъэтIылъам и мызакъуэу, Тхьэзэплъыжыр узыншагъэр хъумэн IэнатIэм и къызэгъэпэщакIуэ нэсу зэрыщытар къыхигъэщащ КъБАССР-м, РСФСР-м щIыхь зиIэ я дохутыр, республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и министру илъэс куэдкIэ щыта Бер Мухьэдин. — Республикэм и стоматологие IэнатIэм и тхыдэмкIэ нобэрей зэхыхьэр мыхьэнэшхуэ зиIэ махуэщ, — жиIащ КъБР-м узыншагъэр хъумэнымрэ курортхэмкIэ и министр Шэт Ирмэ. — Республикэм и стоматологие IэнатIэм и зыужьыныгъэр къыщежьэр илъэс куэд и пэкIэ Тхьэзэплъыж ТIулэ «игъэтIылъа» лъабжьэм и дежщ. А IэнатIэр ефIэкIуэн папщIэ абы къыпхуэмылъытэным хуэдиз лэжьыгъэшхуэ зэфIигъэкIащ. ЩIэныгъэлI цIэрыIуэт Тхьэзэплъыжыр, абы и щапхъэр куэдым гъуазэ яхуэхъуащ, зэгуэр абы хиша гъуэгуанэм иджы къыпащэ и гъэсэнхэм. Шэт Ирмэ Стоматологие поликлиникэм и лэжьыгъэр зэтеухуэныр къыгуэхыпIэ имыIэу Тхьэзэплъыж ТIулэ и цIэм зэрепхам, абы IэнатIэм хуиIа бгъэдыхьэкIэм, ар ефIэкIуэнымкIэ хузэфIэкI къимыгъанэу зэрыщытам фIыуэ зэрыщыгъуазэр, къапщтэмэ, абы и щIэныгъэ лэжьыгъэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и мызакъуэу, адрей хэгъуэгухэми а унэтIыныгъэм зыщиужьынымкIэ сэбэпышхуэ зэрахуэхъуар къыхэщу къэпсэлъащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и дзэ дохутыр нэхъыщхьэ Агапов Геннадий. — Сэ фIы дыдэу сцIыхуу щытащ Тхьэзэплъыж ТIулэ, илъэс куэдкIэ сыдэлэжьащ, — жиIащ КъБР-м и цIыхубэ дохутыр Дудар Борис. — Ар зыпэрыхьэ сыт хуэдэ Iуэхури нэсу зэфIэзыхыф лэжьакIуэшхуэт. IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэм ди зэфIэкIым, Iэзагъэм хэгъэхъуэныр ткIийуэ и нэIэ щIигъэтт, дэIэпыкъуэгъу къытхуэхъурт къалэшхуэхэм дыкIуэурэ адэкIэ деджэнымкIэ. «Дохутырым и щIэныгъэм химыгъахъуэмэ, абы и IэщIагъэм щыхузэфIэкIын щыIэкъым», — къыджиIэрт абы. Лэжьыгъэ IуэхукIэ ар цIыху ткIийт, зыщIебгъэхыу къыпхуидэнутэкъым, ауэ цIыхугъэшхуэ зыхэлът, и унафэм щIэт дэтхэнэми я гузэвэгъуэри гуфIэгъуэри ядигуэшырт. КъБР-м щIыхь зиIэ и дохутыр Тхьэзэплъыж ТIулэ фIыкIэ ягу къагъэкIыжу, псалъэ гуапэхэр иту телеграммэхэр къагъэхьащ УФ-м и дзэ дохутырхэм я зэгухьэныгъэм и президент Садовский Владимиррэ медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор Боровский Евгенийрэ. — Нобэ си гум щыщIэр къывгурыIуэу къыщIэкIынщ дэтхэнэ зыми, — жиIащ Тхьэзэплъыж Мурат. — Уи адэм теухуауэ апхуэдиз псалъэ гуапэрэ щытхъурэ зэхэпхыным гушхуэныгъэшхуэ къыпхелъхьэ. Сэ фIыщIэ хузощI мы Iуэхур къыддэзыIыгъа КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсени, ар къызэгъэпэщыным, дэкIыным зи гуащIэ хэзылъхьа псоми. Къыхэзгъэщыну сыхуейт бюстыр зыщIа скульптор ныбжьыщIэ Тхьэзэплъыж Руслан и лэжьыгъэри фIы дыдэу къызэрехъулIар. АдэкIэ Портэ Галинэрэ Бер Мухьэдинрэ бюстым и тепхъуэр трахри, зэIущIэм кърихьэлIахэм удз гъэгъахэр тралъхьащ. ЩхьэщэмыщI Изэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29673.txt" }
Сирием къикIыжа сабийхэм я «Адыгэ псысэхэр» КъБР-м и Лъэпкъ музейм къыщызэIуахащ сабийхэм я сурэтхэм я гъэлъэгъуэныгъэ. Адэжь хэкум и уэрэд бзухэм къраш. Сурэтыр зыщIар Исмэхьил Линэщ. «Дыгъэ» IуэхущIапIэм Сирием къикIыжа адыгэ сабийхэм мазэ зыбжанэ хъуауэ сурэт щIынымкIэ, анимацэмкIэ мастер-классхэр ядригъэкIуэкIащ. Дерсхэм къапэкIуаращи, цIыкIухэм я Iэдакъэ къыщIэкIащ хуабагъ къызыпкърыкI, лъэпкъым и хабзэ, щэнхабзэ, хьэл-щэн къэзыIуатэ сурэтхэр. Зэхыхьэр къызэзыгъэпэщахэм я фIэщ мэхъу сабийхэм я сурэтхэм Сирием къикIыжахэмрэ республикэм щыпсэухэмрэ я гур нэхъри зэрызэришэлIэнур. «Адыгэ псысэхэр» гъэлъэгъуэныгъэр игъэбжьыфIащ «Хьэтхэр» ансамблым.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29681.txt" }
Къарей Элинэ къыфпоплъэ УФ-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм хэт, сурэтыщI-художник Къарей Элинэ езым и лэжьыгъэхэм я гъэлъэгъуэныгъэ 2013 гъэм бадзэуэгъуэм и 13-м сыхьэт 15-м Сэралъп Мадинэ и арт-центрым къыщызэIуахынущ. Элинэ и лэжьыгъэхэм дахагъэри гупсысэри щызэхэухуэнащ. ЩIэ куэд зыхэплъагъуэ и сурэтхэм я купщIэр дэтхэнэ зым дежкIи гурыIуэгъуэщ икIи щIэщыгъуэщ. Лэжьыгъэ къэс тхыдэм щыщ Iыхьэ гуэрхэр къызэрыщыгъэлъэгъуами удимыхьэхынкIэ Iэмал иIэкъым. Гъэлъэгъуэныгъэр зы мазэкIэ екIуэкIынущ. ТЕКIУЖЬ Заретэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29684.txt" }
Лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэр зыгъэбэгъуа Нало Заур псэужамэ, илъэс 85-рэ ирикъунут. щIэныгъэлI, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ, Кавказ филологиемрэ этнокультурологиемрэ куэд хэзылэжьыхьа IэщIагъэлIхэм ящыщ зыщ Абхъаз Республикэм щэнхабзэмкIэ, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, цIыхубэ тхакIуэ Нало Заур. Лъэныкъуэ куэдкIэ Iэзагъышхуэ зыбгъэдэлъа, лъэпкъым и къуэ пэжу гъащIэ гъуэгуанэм ирикIуа, цIыхубэм къызэрацIыхуа и IэдакъэщIэкIхэмрэ и щIэныгъэмрэ нэмыщI, Iущагъышхуэ бгъэдэлъу, жьакIуэу псэуа ди нэхъыжьыфIыр зэи лъэпкъым щыгъупщэнукъым. Бадзэуэгъуэм и 15-р къыщалъхуа махуэт Заур. БлэкIа зэманым иту дытепсэлъыхь щхьэкIэ, ар зи гуащIэр зэи IэщIыб ямыщIын цIыху щэджащэщ, къыщIэнахэр сыт щыгъуи лъэпкъым къыхуэщхьэпэну хъугъуэфIыгъуэщ. Налом и гъащIэмрэ и гуащIэмрэ теухуауэ мы махуэхэм къыдэкIынущ «Адыгэ псалъэм» щIыгъу газет щхьэхуэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29687.txt" }
Мы махуэхэм Бадзэуэгъуэм и 13, щэбэт 1908 гъэм Лондон къыщызэIуахащ IV Олимп Джэгухэр. Абы япэ дыдэу цIыхубзхэр хэтащ. 1930 гъэм Монтевидео (Уругвай) къыщызэIуахащ футболымкIэ япэ дунейпсо чемпионатыр. Абы къэрал 13 хэтащ. Уругвайр чемпион хъуащ. УсакIуэ Брай Адэлбий къызэралъхурэ илъэс 76-рэ ирокъу. СурэтыщI-график Пащт-Хъан Алим и ныбжьыр илъэс 41-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 28 — 30, жэщым градус 20 — 22-рэ щыхъунущ. Бадзэуэгъуэм и 14, тхьэмахуэ Урысей пощтым и махуэщ Бдзэжьеящэм и махуэщ 1945 гъэм Париж ТекIуэныгъэм и парад щекIуэкIащ. Япэ иту уэрамым ирикIуащ Франджым и ЛIыхъужь Хьэгъундокъуэ Елмэсхъан. 1957 гъэм Налшык щекIуэкIащ СССР-м ис лъэпкъ псоми я тхакIуэхэр зыхэта пшыхь гъэщIэгъуэн. 1965 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым уэрэдымрэ къафэмкIэ и «Кабардинка» къэрал ансамблыр къафэмкIэ «Кабардинка» ансамблу зэрахъуэкIащ. Адыгей тхакIуэ Щоджэн Iэюб къызэралъхурэ илъэси 109-рэ ирокъу. Къэрал лэжьакIуэ цIэрыIуэ, КъБАССР-м и Министрхэм я Советым и УнафэщIу 1988 — 1991 гъэхэм лэжьа Мамхэгъ Михаил къызэралъхурэ илъэс 77-рэ ирокъу. Адыгей усакIуэ, тхакIуэ ГутIэ Сания къыщалъхуа махуэщ. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 23 — 28-рэ, жэщым градус 20 — 22-рэ щыхъунущ. Бадзэуэгъуэм и 15, блыщхьэ 1939 гъэм Бахъсэн, Аруан, Iуащхьэмахуэ куейхэм район газетхэр къыщыдэкIыу щIадзащ. 1957 гъэм РСФСР-м и гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ я лэжьакIуэхэм я лIыкIуэхэм я кIэух концертыр Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м щекIуэкIащ. Филологие щIэныгъэхэм я кандидат, профессор Пщыбий Инал къызэралъхурэ илъэс 88-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 28 — 31-рэ, жэщым градус 19 — 24-рэ щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29692.txt" }
Путин Владимир Хурирэт къохъуэхъу Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир къехъуэхъуащ Дзэлыкъуэкъуажэ щыпсэу, лэжьыгъэм и ветеран, зауэ зэманым и гуащIэ емыблэжу лэжьа АфIэунэ Хурирэт. Хъуэхъу тхыгъэмрэ саугъэтымрэ илъэс 95-рэ зи ныбжь Хурирэт Тембот и пхъум иратащ щIыпIэ администрацэм и лэжьакIуэхэм. Хурирэт апхуэдэ гулъытэм папщIэ хьэщIэхэм фIыщIэ яхуищIащ. Пщыгъуэш Асият.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29696.txt" }
Арэзы щытохъуэ КъБР-м и Премьер-министр Хьэсанэ Руслан бадзэуэгъуэм и 11-м иригъэкIуэкIа зэIущIэм Iуэхугъуэ 15-м щыхэплъащ. Апхуэдэщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэрал мылъкум щыщ Прохладнэ къалэ округым и муниципальнэ мылъкум пщIэншэу хэгъэхьэным, республикэм щызэрахьэ уней подсобнэ хозяйствэм мы гъэм хэхъуэ къабзэу къыпэкIуэнум и пщалъэхэм, Правительствэм и унафэ щхьэхуэхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуахэр, нэгъуэщIхэри. ЗэIущIэм щедэIуащ Урысей Федерацэм и Президентым и пщэрылъхэр зэрагъэзащIэм теухуауэ КъБР-м финансхэмкIэ и министрым и къуэдзэ Кетенчиев Мурат жиIахэм. Абы къызэригъэлъэгъуамкIэ, пщэрылъ 13-м я гуэдзэн 19-м ящыщу 16-р хабзэм тету зэхуагъэкIуащ. Языныкъуэхэр ехьэлIащ зэгурыIуэныгъэхэр зэрагъэзэщIам теухуа хъыбархэр УФ-м ФинансхэмкIэ и министерствэм и чэзум Iэрыгъэхьэным. — Урысей Федерацэм и Президентым накъыгъэ кIуам къыдигъэкIа указхэр дгъэзэщIэн папщIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и бюджет зэхэтым сом меларди 2-рэ мелуан 59-рэ мин 700-рэ хузэщIагъэуIуэнущ. Абы щыщу сом мелуан 522,9-р федеральнэ, мелардрэ мелуан 529-р республикэ, мелуани 7,7-р муниципалитетхэм я щIыпIэ бюджетхэм къыхэкIынущ. Мэкъуауэгъуэ кIуам и 1-м ирихьэлIэу сом мелуан 557,9-рэ къыдатащ. КъБР-м и республикэ бюджетыр сом меларди 4-рэ мелуан 699-рэ мин 900-рэ хущощIэ. Абы и лъэныкъуэкIэ зыхуэфащэ расчетхэр УФ-м ФинансхэмкIэ и министерствэм еттащ, — жиIащ министрым и къуэдзэм. — КъБР-м и Правительствэмрэ Урысей Федерацэм ФинансхэмкIэ и министерствэмрэ зэращIылIа зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ, бюджет IэнатIэхэм щылажьэхэм я улахуэм хэдгъэхъуэн щхьэкIэ, федеральнэ бюджетым къыхэкIыу дотацэ щIыкIэу сом мелуани 196-рэ республикэ бюджетым щхьэхуэу хухах. Ар мазэ къэс Iыхьэ-Iыхьэурэ къаутIыпщ. УФ-м и Президентым и пщэрылъхэр зэрагъэзащIэм теухуауэ Кетенчиев Мурат ищIа отчетым Правительствэм хэтхэр арэзы техъуащ. Аруан Алий.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29698.txt" }
Зэи ямыIа ехъулIэныгъэ Мы махуэхэм Къэзан щекIуэкI ХХVII гъэмахуэ Универсиадэм Урысей Федерацэм и спортсменхэм нэхъапэм зэи ямыIа ехъулIэныгъэ къахуихьащ. Абы хэлъхьэныгъэфI хуащIащ прохладнэдэс Кучинэ Марие, Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и студентхэу Галстян Арсен, Лабазинэ Мартэ сымэ. Кучинэ Марие лъагапIэр къещтэ. Лъагагъым елъэнымкIэ куэдкIэ дызыщыгугъа Кучинэ Марие хуэфэщэну зыкъигъэлъэгъуащ. Мэремым екIуэкIа зэхьэзэхуэхэм ди лъахэгъум къыпэхъун куэд и хьэрхуэрэгъухэм яхэтакъым. Иужь дыдэ дакъикъэхэм пщIондэ ар ерыщу япэщIэтащ Польшэм щыщ Степанюк Камилэрэ Эстонием къикIа Ильющенкэ Аннэрэ. ИкIэм-икIэжым Кучинэмрэ Степанюкрэ я закъуэу къэнащ. А тIум языхэзрат Универсиадэм щытекIуэу дыщэр къэзыхьынур. ЛъагапIэр 1 метррэ сантиметр 96-м нэс яIэтащ. Марии Камили абы пэлъэщащ, арщхьэкIэ Польшэм къикIа спортсменкэм а Iуэхум тригъэкIуэдар бгъэдыхьэгъуэ нэхъ мащIэщ. Арати, зэхуэдиз лъагагъ къызэранэкIа пэтми, Степанюк дыщэр, Кучинэм дыжьыныр ялъысащ. Апхуэдэ дыдэ ехъулIэныгъэ зыIэригъэхьащ КъБКъУ-м и ещанэ курсым и студент, Олимп чемпион Галстян Арсен. Килограмм 60-м нэс зи хьэлъагъ дзюдоистхэм я зэпеуэм ар етIуанэ щыхъуащ. Галстян къыщыхагъэщIэфар кIэух зэIущIэрщ. Абы хьэрхуэрэгъу къыщыхуэхъуа Японием щыщ Кидо Синдзи ар пэлъэщакъым. Лабазинэ Мартэ мы гъэм дзюдомкIэ цIыхубзхэм ирагъэкIуэкIа Европэм и чемпионатым къыщихьа дыжьын медалым Универсиадэм и жэзыр дыщIигъужащ. Финал цIыкIум абы къабзэу къыщытридзащ Украинэм щыщ Мурашкэ. Къэзан щекIуэкI Универсиадэм и ебгъуанэ махуэм Урысей Федерацэм и студентхэм я командэ къыхэхар зэи къэмыхъуа ехъулIэныгъэм лъэIэсащ. Абы хузэфIэкIащ дыщэ медали 100-м щIигъу къихьын. Къыхэгъэщыпхъэщ адрей апхуэдэ зэпеуэхэм Къэзан щыIэр куэдкIэ зэрефIэкIыр. Къапщтэмэ, ди еджакIуэ спортсменхэм махуитху трагъэкIуэдауэ аращ нэхъапэм нэхъ ехъулIэныгъэ ин дыдэ щызыIэрагъэхьа 1973 гъэм Мэзкуу щекIуэкIа Студент джэгухэм щхьэпрыкIыжыным. Абы щыгъуэм медаль зэмылIэужьыгъуэу 134-рэ къахьат. ХХVII гъэмахуэ Универсиадэм Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам сыт и лъэныкъуэкIи зыри гъунэгъу къыщыхуэхъуфыркъым. Дыдейхэм пашэныгъэр яIыгъщ дыщэу, дыжьыну, жэзу къахьа медалхэм я бжыгъэхэмкIэ. Абы къыкIэлъыкIуэ Япониемрэ Китаймрэ езыхэр етIуанэ увыпIэм иризэныкъуэкъужу аркъудейщ, япэр къазэрыIэрымыхьэнур апхуэдизкIэ нэрылъагъущи. Псоми яфIэгъэщIэгъуэну Къэзан хуэмыхуу зыкъыщагъэлъагъуэ Америкэм и Штат Зэгуэтхэм я студентхэм. Абыхэм я дежкIэ дыщэ медалиблыр мащIэ дыдэщ. Совет Союзым къытепщIыкIыжа къэралыгъуиплI Универсиадэ-2013-м и гуп нэхъыфIипщIым иджыпстукIэ хохьэ. Ар ехъулIэныгъэ инщ. Къэхъун Бэч.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29702.txt" }
Нэгъабэрейм йофIэкI «Спартак-Налшык» (Налшык) — «Нефтехимик» (Нижнекамск) — 2:1 (2:0). Налшык. «Спартак» стадион. Бадзэуэгъуэм и 13-м. ЦIыху 1200-рэ еплъащ. Судьяхэр: Чернов (Мэзкуу), Пищулин (Ульяновск), Крохин (Калининград). «Спартак-Налшык»: Степанов, Гарбуз, Тимошин, Овсиенкэ, Засеев, Руа, Коронов (Рухаиа, 70), Чеботару, Медведев, Аверьянов (ЛIуп, 89), Сирадзе (Буйтрагэ, 80). «Нефтехимик»: Лосев, Дранников, Рябошапкэ, Пискунов, Джалилов (Мирзаев, 70), Манучехр, Махмутов, Умарбаев (Кузяев, 62), Камболов, Дзахов, Нуров, Уридия. Топхэр дагъэкIащ: Чеботару, 7 (1:0). Сирадзе, 18 (2:0). Дзаховым, 93 (2:1). Дагъуэ хуащIащ Рябошапкэ, Аверьяновым, Кузяевым, Рухаиа. Чеботару Евгений къыдэщIхэм фIыщIэ яхуещI. Урысей Федерацэм футболымкIэ и япэ дивизионым 2013 — 2014 гъэхэм щекIуэкI зэхьэзэхуэм и пэщIэдзэ джэгугъуэм Саранск щыIэу 0:3-уэ къызэрыхагъэщIар «Спартак-Налшыкым» хэтхэми абы дэщIхэми удынышхуэ яхуэхъуащ. АдэкIэ куэд елъытат ар зэрагъэвыфыну щIыкIэм. Iуэхур зэрымыщIэкIэ къэхъуауэ, судьяхэм я зэранкIэ лей къатехьауэ пхагъэкIыфмэ, я къарури къызэщIэрыуэжынут. Абы папщIэ етIуанэ джэгугъуэм Нижнекамск къикIа «Нефтехимик»-р Iэмал имыIэу щыхагъэщIэн хуейт икIи бжыгъэр нэхъ иныхукIэ нэхъыфIт. АрщхьэкIэ ар Iуэху тынштэкъым, нэгъабэ, иджыри хуэдэ дыдэ зэманым, къэхъуахэр уигу къэбгъэкIыжмэ. Абы щыгъуэм ди щIалэхэр «Уфа»-м пэщIэдзэ зэIущIэм щытекIуэри, къыкIэлъыкIуэм «Нефтехимик»-м Налшык къэкIуауэ 1:3-уэ къыщыхигъэщаIуэ щытащ. Ар, дауи, псоми ящIэжырт. Нэгъабэрей щIэщхъум къытримыгъэзэн папщIэ «Спартак-Налшыкым» лъэкI къигъэнакъым. КъищынэмыщIауэ, ди щIалэхэм я насыпти, нижнекамскдэсхэм яхэтыжтэкъым абы щыгъуэм топитI къахудэзыгъэкIауэ щыта (иужькIэ Нижнекамск щыкIуам иджыри 3 дыщIигъужащ) Портнягин Игорь. КъикIуэт ямыщIэу. «Нефтехимик»-м Налшык къыздишар футболист пщыкIуплIт, пщыкIуийм и пIэкIэ. Ахэр псори, етIуанэ гъуащхьэтетым къищынэмыщIауэ, щэбэтым и пщыхьэщхьэм ди щIалэхэм къапэщIэтащ. Абы къегъэлъагъуэ Тэтэрстаным лъэщагъкIэ и етIуанэ командэр зэхьэзэхуэм иджыри зэрыхуэмыхьэзырыщэр. «Спартак-Налшыкым» и хьэрхуэрэгъум и апхуэдэ щытыкIэр хъарзынэу къигъэсэбэпащ. Абы мы зэIущIэр хуабжьу жыджэру къыщIидзащ икIи «Нефтехимик»-р и гъуэм ирикъузылIэжащ. ХьэщIэхэм зэрызахъумэжын фIэкIа нэгъуэщI Iуэху зэрахуэжыртэкъым. АрщхьэкIэ ари тэмэму къайхъулIакъым. Ебланэ дакъикъэм Чеботару Евгений бжыгъэр къызэIуихри, налшыкдэсхэр япэ иригъэщащ. ПсынщIэ дыдэу ехъулIэныгъэ къазэрыIэрыхьам ди щIалэхэр нэхъри тригъэгушхуащ. Абыхэм я ебгъэрыкIуэныгъэр нэхъри къызэщIэплъэрт. Апхуэдэ джэгукIэм нижнекамскдэсхэр хуэмыхьэзыру къыщIэкIащ икIи мыгувэу етIуанэ топри къыхудагъэкIащ. ЕпщыкIуиянэ дакъикъэм ибгъумкIэ икIа топыр Аверьяновым IэкIэ жыжьэу «Нефтехимик»-м и гъуэмкIэ къидзащ икIи ар Сирадзе къыIэрыхьащ. Ди гъуащхьауэм и зыгъази и еуи зы ищIри, бжыгъэр игъэбэгъуащ. Сирадзе Давид (№8) ерыщу йобгъэрыкIуэ. Пасэ дыдэу 2:0-у «Спартак-Налшыкыр» япэ зэрищам быдэу хьэкъ къыпщищIырт мы зэIущIэм псори зэрыщыгурыIуэгъуэр. Ар я фIэщ хъужащ езы футболистхэми. Ди щIалэхэм адэкIэ гугъу зрагъэхьыщэртэкъым, хьэщIэхэми я лъэр щIэхуат. ЗакъуэтIакъуэщ лъэныкъуитIми ебгъэрыкIуэныгъэ лъэщхэр къыщызэрагъэпэщар, ауэ абыхэми зыкъомрэ зыри къикIакъым. Апхуэдэу джэгур иухыну къыщIэкIынт, зэIущIэм къыщIагъуа дакъикъэхэм судьям ди лъэныкъуэмкIэ штрафной къримыгъэуатэмэ. «Нефтехимик»-м и гъуащхьауэ Дзаховым лъэщу иутIыпща топыр пкъом жьэхэуэри къигъэлъеижащ икIи, напIэзыпIэм ди гъуащхьэтетым и дамэм техуэри, гъуэм къыщыхутащ — 2:1. Ар кIэух бжыгъэт, сыту жыпIэмэ, адэкIэ джэгуну зэман къэнэжатэкъым. Урысей Федерацэм футболымкIэ и япэ дивизионым щекIуэкI зэхьэзэхуэм бжьыпэр щаубыдащ пэщIэдзэ зэIущIитIми щытекIуа «Мордовия»-мрэ «Арсенал»-мрэ. А командитIращ зэкIэ очко зыфIэмыкIуэдар. Абы щыгъуэми саранскдэсхэм я зэIущIитIри я стадионым щрагъэкIуэкIащ. Красноярск бжыгъэшхуэкIэ щытекIуэу хъарзынэу щIэзыдза «Ротор»-м етIуанэ зэIущIэр къехъулIакъым. Вол-гоград къэкIуа «СКА-Энергия»-м ар къыхигъэщIащ. Профессионал Футбол Лигэм и унафэщIхэр хуабжьу ирипIейтейуэ пэплъащ илъэс зыбжанэ хъуауэ зыщыIеяуэ екIуэкI Осетие Ищхъэрэ-Аланиемрэ Ингушымрэ я командэхэм я зэIущIэм. Нэгъабэрей зэхьэзэхуэм и кIэухым топ-джэгум дихьэххэм джэгур къызэрызэпаудам къыхэкIыу Владикавказ щыIэ стадионым тезыр тралъхьати, «Алания»-м «Ангушт»-р Пятигорск къыщригъэблэгъащ. Абы лъэныкъуэхэм я зэпэщIэтыныгъэр зыкъомкIэ игъэщэбащ икIи джэгупIэ губгъуэм игъэIэпхъуащ. Осетинхэм дагъэкIа топ закъуэм текIуэныгъэр къахуихьауэ ар иухащ. АдэкIэ фыщыдогъэгъуазэ япэ дивизионым хэт командэхэм ирагъэкIуэкIа зэIущIэхэм къарикIуа бжыгъэ псоми: «Алания» (Владикавказ) — «Ангушт» (Нэзран) — 1:0, «Балтика» (Калининград) — «Химик» (Дзержинск) — 1:1, «Салют» (Белгород) — «Газовик» (Оренбург) — 1:1, «Ротор» (Волгоград) — «СКА-Энергия» (Хабаровск) — 1:2, «Торпедо» (Мэзкуу) — «Енисей» (Красноярск) — 0:0, «Арсенал» (Тулэ) — «Сибирь» (Новосибирск) — 2:0, «Луч-Энергия» (Владивосток) — «Шинник» (Ярославль) — 0:1, «Мордовия» (Саранск) — «Динамо» (Санкт-Петербург) — 4:1. КъыкIэлъыкIуэ джэгугъуэр «Спартак-Налшыкым» Санкт-Петербург щригъэкIуэкIынущ. Бадзэуэгъуэм и 18-м ар IущIэнущ япэ зэIущIитIри зыфIахьа «Динамо»-м. Жыласэ Заурбэч. ЗэIущIэ нэужьым Хузин Рустэм, «Нефтехимик»-м и тренер нэхъыщхьэ: ПэщIэдзэ дакъикъэхэм псори наIуэ ящIащ — Налшык и командэр нэхъ Iэзэщ икIи зэфIэкI зиIэщ. СызэригугъэмкIэ, ар премьер-лигэм щIэбэныну гупхэм ящыщ зыщ. Нобэрей зэIущIэм и пэщIэдзэ дакъикъэхэм къагъэлъэгъуащ хэт сыт ищIысми. Налшыкдэсхэм тепщэныгъэр псынщIэу яубыдащ, ди щIалэхэр икIуэтащ. Япэ топыр къытхудагъэкIа иужькIэ, бжыгъэр зэхуэдэ тхуэщIыжыну щытащ, арщхьэкIэ къытхукъуэкIа Iэмал хъарзынэр къытхуэгъэсэбэпакъым. ЗэIущIэм и етIуанэ Iыхьэм джэгур щекIуэкIар гъуэхэм япэжыжьэущ. Абы къыхэкIыу топ дэдгъэкIыну лъэныкъуитIми Iэмал щIагъуэ диIакъым. Шыпш Тимур, «Спартак-Налшыкым» и тренер нэхъыщхьэ:Топ дыдогъэкIри, дыкъоувыIэж — Хьэрхуэрэгъум и гур итхыпэн и пIэкIэ, топ дыдогъэкIри, дыкъоувыIэж… Зэрыщыту къапщтэмэ, текIуэныгъэр къэтхьащи, абы дыщогуфIыкI. — Саранск щыIэу бжыгъэшхуэкIэ япэ зэIущIэм къазэрыщытекIуар ди щIалэхэм Iейуэ зыхащIа? — Дауи, ар хуабжьу хьэлъэщ. Ауэ иджыри зэ къытызогъэзэжри, «Мордовия»-м дыщыдэджэгуам пенальти ди гъуэм кърагъэуэн хуэдэу зы щхьэусыгъуи щыIакъым. — НтIэ, судьяхэм щхьэкIэ фытхьэусыхакъэ? — Зыри и мыхьэнэкъым. ЗэIущIэм и инспекторращ судьям и лэжьыгъэр къэзыпщытэн хуейр. — «Спартак-Налшыкым» мыгъэрей зэхьэзэхуэм къыщыхуагъэува къалэнхэр зэкIэ ягъэнэIуакъым… — Къалэныр убзыхуащ: топджэгум дихьэххэм дэрэжэгъуэ еттынырщ икIи зэIущIэ къэс текIуэныгъэм дыщыхущIэкъунырщ. Хьэтау Ислъам.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29705.txt" }
Щикъухьащ адыгэр дунеижьым «Абгъуэншэ бзухэр»… Дунейм къытехьащ зэманым пэджэж тхылъ щIэщыгъуэ. Ар зи къалэмым къыщIэкIар Бакъ Зерэщ. Тхылъым и Iыхьэхэм образ лъагэхэр къызыхэщ фIэщыгъэцIэхэр абы иритащ. «Анэм и макъыр щысхуэбзэрабзэкIэ» Iыхьэм къыщIедзэ КIыщокъуэ Алим и «Лъапсэ» романым щыщ псалъэхэмкIэ. Абы щызэпкърыхащ хамэ къэралхэм щыпсэу адыгэ усакIуэхэм ящыщхэм я IэдакъэщIэкI- хэр. Ахэр ЖыркIагуэ Фэтихь, Къалмыкъ Беслъэн, СтIащ Издин, Уджыхъу Исам сымэ я усэхэрщ. Мыхэр зытетхыхьыр Хэкурщ, адэжь лъапсэрщ. Аращ зымыгъэжейр, зыгъэгупсысэр, хэзыгъаплъэр. «Усэныр мыбыхэм я къалэн нэхъыщхьэу щыткъым, атIэ я губампIэр усэбзэкIэ къаIуатэ къудейуэ аращ… ФIыщIэ лей ябгъэдэлъщ, хамэщIым ди бзэр щызыхъумахэм, ди бзэмкIэ тхыгъэ къэзыгъэнахэм». Тхылъыр зэрыгуапэм и нэщэнэхэм ящыщщ мы псалъэхэр. Усэхэм ящIэлъ гупсысэм ухуешэ Сирием щекIуэкI гузэвэгъуэм. «Сыт и нэгу щIэкIын хуей иджырей цIыхур зытет дунейр зэрытIасхъэр, зэрымахэ дыдэр къыгурыIуэн щхьэкIэ? Сыт илъагъун хуейуэ пIэрэ? Е сыт имылъагъуу къэнэжар? Мыпхуэдиз зауэм дерс гуэр щхьэ къыхамыхрэ? ЦIыху букIыну апхуэдизу тыншу щIыщытыр сыту пIэрэ?» УпщIэ и куэдщ авторым. Зауэм кърихужьэжахэм щхьэкIэ жеIэ: «Дэри мыбыхэм нэхъыфI дгъуэтынукъым, езыхэми драмыIэжмэ, хэкIуэдэжынущ. КIыщокъуэ Алим «аб-гъуэншэ бзухэр хадэм къихьэм» жыхуиIаращ. Мыхэр нобэ абгъуэншэхэщ, ауэ ди хадэм къыщитIысхьакIэ, къыщагъэзэжакIэ, Алыхьым иджыри зы Iэмал, зы еплъыгъуэ къыдиту аращи, е къыдогъэсэбэп, е «Iыхьлыншэу губгъуэм къина щIалэу» ди щIыбагъыр зэхудощIыж». Тхылъым и фIэщыгъэцIэр зэрыхуэфащэри мыбдеж гурыIуэгъуэ дыдэ щещIыж. Мы Iыхьэр зыхуэгъэпсар Сирием къикIыжа ди лъэпкъэгъухэрщ. ЕтIуанэ Iыхьэр хухихащ Бабыгу Эргун и усыгъэхэм. «Къигъэзэжащ уи къуэ кIуэдам, уэ къуэ ухуэныкъуэу щытмэ». ЕхьэкI-къехьэкI хэмылъу усакIуэм къыдиутIыпща мы псалъэхэм дызыщIагъэгупсысыжын хуейт… Бабыгум «Хэкур ди унэщ, лъэпкъыр ди унагъуэщ», — жеIэ. Абы къыхэIукI мыхьэнэр зыхуэдизыр дэтхэнэми къыгурыIуамэ, бетэмал… Мыбдежым усакIуэм и IэдакъэщIэкIхэм щыщхэри къыщыхьащ. Иужьу къокIуэ Дыджэ Миланэ «Щикъухьащ адыгэр дунеижьым» зыфIища и усэр. Тхылъым и пэжагъыр щIигъэбыдэжу абы сурэтхэри къыщыхьыжащ. Гугъуэт Заремэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "29713.txt" }