text
stringlengths
11
353k
meta
dict
Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым, Дунейпсо Адыгэ Хасэм, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм, «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэхэм гущIыхьэ ящыхъуащ тхыдэдж цIэрыIуэ Къэжэр Валерэ Хьэшыр и къуэр дунейм зэрехыжар икIи абы и Iыхьлыхэмрэ и благъэхэмрэ яхуогузавэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28497.txt" }
ЛIыгъэмрэ щIыхьымрэ я хабзэ ЦIыхубэр къыщыпсэуфынур гущIэгъурэ зэхэщIыкIрэ я зэхуаку дэлъу щытмэщ. Ахэр жылагъуэр щызыгъэIэ, зэхэтыкIэр гуапэ зыщI Iуэхугъуэщ. Си тхыгъэм и пэщIэдзэу сыкъыщалъхуа Беслъэней жылэжьым дэс нэхъыжьхэм фIыщIэ яхуэсщIыну сыхуейщ, псом хуэмыдэу, сыкъызыхэкIа унагъуэм, Ленинград щыщ хъыджэбз цIыкIу — Уэхъутэ ФатIимэ — зыпIа си адэм и адэшхуэмрэ анэшхуэмрэ — Уэхъутэ Абдурэхьманрэ Щащэрэ. Сочиненэр зи IэдакъэщIэкI Уэхъутэ Беллэ. 2012 гъэ Сэ сригушхуэу къыхэзгъэщыну сыхуейщ зи гугъу сщIы ФатIимэ и дэлъхум и къуэм сызэрипхъур. Си анэшхуэ Майерэ си адэмрэ жаIэж хъыбархэмкIэ сэ къэсщIащ, Хэку зауэшхуэм и зэманым Ленинград щыщ сабийхэр ди жылэм къашауэ зэрыщы- тар. Ахэр къуршым зэпрыкIыу адэкIэ яшэн хуейуэ арат, нэмыцэхэм щагъэпщкIун папщIэ. Ди лъахэм къыщысам къару ямыIэжу, мэжэщIалIагъэм игъэхыщIэу гум ист сабий гупыр. Абыхэм ящыщт Ивановэ Катя хъыджэбз цIыкIури. Лей зытехьэ урыс сабийхэр зылъэгъуа къуажэдэсхэм цIыкIухэр унэ-унэкIэ зэбграхын щIадзащ. Къащтэр хьэзабым нэхъ къыхигъэщIа, къарууншэ дыдэ хъуа, адэкIэ гъуэгур зыхуэмыхьыжынухэрат. Си адэм и адэшхуэм къуэ иIэт, ауэ хъыджэбз сырыху фагъуэ цIыкIур къыщилъагъум, егупсысащ: «Мы цIыкIур пхъу схуэхъунщ, си къуэм и шыпхъу нэхъыжьу къэхъунщ». Бэлыхьыр зи нэгу кърих пщащэ IэмащIэлъэмащIэ цIыкIур зыми яхуэкIуэртэкъым, игу хэщIу гум ист. Абы щыгъуэм си адэм и адэшхуэр бгъэдыхьэри жриIащ: «Си хъыджэбз цIыкIу, зыми ущымыщтэ, уэрэ сэрэ тщIэтыр зылъщ, тIури дыцIыхущ! Сипхъуу укъызощтэ!» Апхуэдэ псалъэ гуапэхэр зэхэзыха хъыджэбз цIыкIум и нэгур зылъыIуихри, къыбгъэдыхьа лIым и Iэр иубыдащ, дади ар и Iэблэм тригъэтIысхьэри, я унэ ихьащ. Езэшауэ, къарууншэу, мэжалIэу, гъуэгу кIыхьым, сабэм, хуабэм игъэмэхауэ къэса хъыджэбз цIыкIум зыхищIащ адэм и хуабэр, и щхьэр дадэм и дамащхьэм трилъхьэри, зиущэхуащ. Апхуэдэу унэм щыщIыхьэжым, нанэм и нэпсхэр къыфIекIуат, гум ису илъэгъуа сабий мэжэщIалIэ къомымрэ хъыджэбз цIыкIумрэ ятелъ бэлыхьыр игу щIыхьэри. Абы щыгъуэм пщащэ цIыкIум ФатIимэ фIащри, Ивановэ Катя Уэхъутэ ФатIимэкIэ еджэ хъуащ. Ленинград кърашауэ къуажэдэсым япIыну къащта адрей сабийхэми хуэдэу, хъыджэбз цIыкIур Уэхъутэ Абдурэхьманрэ Щащэрэ я унагъуэм ейуэ ятхащ, нэмыцэхэм кърамыгъэщIэн папщIэ. Зэман дэкIри, ФатIимэ адыгэ пщащэ нэсу къыдэкIуэтеящ. Адыгэбзэр псынщIэу зригъащIэри, псэуху абы ирипсэлъащ, адыгэ хабзэр зэрихьащ, абы и дэтхэнэ Iыхьэми пщIэ хуищIу. Уэхъутэхэ я унагъуэр иригушхуэрт я хъыджэбзым. ЩIалэхэр зыхукъуэплъ хъуа пщащэ тхьэIухудыр унагъуэ ихьащ. ЗыдэкIуари Беслъэней жылэм щыщти, бынунагъуэшхуэу тIысыжащ. Жылэм дэсащ ар пщIэрэ щIыхьрэ иIэу. 1942 гъэм урыс хъыджэбзыр нэмыцэхэм ящызыхъума Уэхъутэ Щащэ и нысэ Майе (Беллэ и анэшхуэщ) бгъурыту. 1955 гъэ Уэхъутэ ФатIимэ и дэлъху нэхъыщIэ Уэхъутэ Мухьэмэд (щытхэм я зэхуаку дэтщ) и къуажэгъухэмрэ ныбжьэгъухэмрэ и гъусэу.1966 гъэ Абы сыщегупсыскIэ, сигу хохъуэ: «Сэ Беслъэней сыдэсщ. Сыкъыщыхъуари зауэм и зэманым лIыгъэ зезыхьа унагъуэщ». А лъэхъэнэм нэмыцэхэм унафэ къыхуащIат, ленинграддэсхэм я щIэблэм щыщ къэзыщта унагъуэхэр зэтраукIэн хуейуэ. Катя зыпIыну мурад зыщIа дадэрэ нанэри щыгъуазэт апхуэдэ гущIэгъуншагъэм. Ауэ адыгэ хабзэм къызэригъэувым, цIыхугъэмрэ лIыгъэмрэ къызэрезэгъым ипкъ иткIэ, урыс хъыджэбз цIыкIум и гъащIэр хуахъумэныр нэхъ къыхахащ. Къыппэплъэр ажалу щытми, лей зытехьа цIыхум удэIэпыкъунракъэ лIыгъэ хъужыр?! Насып яIэу къыщIэкIынти, Ленинград щыщ сабийхэр къызэращтамкIэ зыми нэмыцэхэм бзэгу хуахьакъым. Ари хохьэ адыгэ хабзэм — псапэ, гуапэ зыщIэ цIыхум удэIэпыкъу- ныр! Сэ сыкъызыхэкIахэм яхэлъа лIыгъэмрэ гуапагъэмрэ сыт щыгъуи си щхьэр лъагэу сагъэлъагъужынущ, пщIэ яхуэсщIынущ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, щытыкIэ нэхъ гугъу дыдэм щихуами, цIыхуу къэнэжащ, гуапагъэрэ хахуагъэрэ къалъыкъуэкIащ, гулыцIрэ гумащIагъэрэ яхэлъу къыщIэкIащ! Уэхъутэ Беллэ. P.S. Мы тхыгъэр Беслъэней жылэм дэт курыт еджапIэм и 6-нэ классым щIэс, Уэхъутэ Абдурэхьман и къуэрылъхум ипхъу Уэхъутэ Беллэ школым щитха сочиненэщ. Хъыджэбз цIыкIур зыщIапIыкIари зыщIагъэдэIуари хъыбарым IупщIу къыщыхигъэщ, ар адыгэ хабзэрауэ зэрыщытри наIуэщ. Апхуэдэ Iуэху щхьэпэ зылэжьа, лей зытехьа сабийхэм ядэIэпыкъуа ди нэхъыжьыфIхэм я щIэблэр езыхэм яхуэфащэу къызэрыхъунум шэч хэлъкъым, я адэшхуэхэм я IуэхущIафэхэр я гъуазэрэ абыхэм я хабзэхэр я Iэпэгъуу.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28499.txt" }
Шэрджэсхэм я пщIэр здынэсыр Урыс-Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 149-рэ щрикъум ирихьэлIэу Тырку Республикэм хыхьэ Самсун къалэм щыгъуэ-щIэж пэкIу щекIуэкIащ. А махуэм цIыхухэр щызэхуэсат тенджыз ФIыцIэ Iуфэм. Самсун къалэм адыгэ пэкIу щокIуэкI. 25.05.2013 гъэ ЗэрыфщIэщи, адыгэхэм я фэеплъ махуэр къызэрагъэнаIуэрэ куэд щIакъым — илъэс 23-рэ хъуауэ аращ. А Iуэхур къыщащтари демократием хуэкIуэу щыщIадза 90 гъэхэрщ. Абы щыгъуэщ адыгэ хасэхэри зэхашэн щаублар. Абыхэм къежьапIэ яхуэхъуари ди адэшхуэхэр хэкужьым зэрырагъэкIрэ илъэси 125-рэ щрикъум хуэзэу Тыркум щрагъэкIуэкIа адыгэ щэнхабзэ тхьэмахуэращ. Абы лъандэрэ Кавказым исхэм я мызакъуэу, хэхэс адыгэхэми хагъэунэхукIащ а щыгъуэ-щIэж махуэр. Дэнэ щIыпIи щыIэ хасэхэм щхьэж зэрыхузэфIэкIкIэ а махуэм егъэщIылIа дауэдапщэхэр къызэрагъэпэщ. Нобэр къыздэсым ар нэхъ убгъуауэ щрагъэкIуэкIырт Измит къалэм хыхьэ Кефкен хьэблэм — я хэку кърахуа ди къуэш абхъазхэр зэрыс кхъухьыр тенджыз ФIыцIэм щыщIилъэфам, абы къелахэм я псэр къыздахьэса щIы кIапэм. Ауэ а щIыпIэр жыжьэIуэт, цIыху куэд къекIуэлIэфыртэкъыми, нэхъыбэу щызэхуэсыфыну щIыпIэхэм — Истамбыл и Ускудар, Бешикташ хьэблэхэм — щрагъэкIуэкIащ щыгъуэ-щIэж пэкIур. 2013 гъэм, япэрауэ, Истамбыл и Картал хьэблэм фэеплъ сын къыщызэIуахащ, итIанэ Самсун къалэм — адыгэхэр Анадолэм къыщихьам япэу зытеува щIыналъэхэм ящыщ зым — зэIущIэр щрагъэкIуэкIащ. Абы теухуауэ тырку газетхэм къытрадза тхыгъэ зыбжанэм къыхэтха пычыгъуэ щхьэхуэхэм фыщыдгъэгъуэзэну дыхуейщ. Ахэр зытхар адыгэхэракъым, атIэ езы тырку журналистхэрщ. КАФФЕД-м и псалъэ Кавказ Хасэхэм я Федерацэм щыгъуэ-щIэж пэкІу щригъэкІуэкІащ Самсун къалэ и тенджыз ФIыцIэ Іуфэм. Абы хэтащ а къалэм и Iэтащхьэ Йылмаз Юсуф-Зия, Илкадым, Атакум къалэ цIыкIухэм я унафэщIхэр, КАФФЕД-м и тхьэмадэ Шыгъэлыгъуэ Уэджид, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэм и къуэдзэхэу Бэгъущэ Iэдэм, Шэрджэс Мухьэмэд, ДАХ-м и къэпщытакIуэ гупым и унафэщI Къуэдзокъуэ Анатолэ, КъШР-м и Парламентым и депутат Аслъэн Алий, Германием, Голландием щыIэ хасэхэм я лIыкIуэхэр, къалэ 30-мрэ къэрали 3-мрэ къикІа хьэщІэхэр. Адыгэхэм я фэеплъ махуэм иращIэкI зэIущIэр Шыгъэлыгъуэ Уэджид къызэIуихри, абы кърихьэлIа псоми фIыщIэ яхуищIащ. «Хэкум кърахуа нэужь ди адэшхуэхэр япэу къызытеувар Самсун и щIыналъэрщ, — жиIащ абы. — Тхыдэм ди нобэм къихьэсыжауэ дэтхэнэми дощIэ абыхэм къакIуа гъуэгуанэр зыхуэдар. Дэ зэи тщыгъупщэнукъым абыхэм я щхьэм кърикIуа гуауэр икIи абыхэм къащIэна я хабзэр, я бзэр тхъумэжу дызэрыпсэуным дыхущIэкъунущ». АдэкIэ Шыгъэлыгъуэм и гугъу ищIащ Сочэ щекIуэкIыну Олимп Джэгухэм теухуа я Iуэху еплъыкIэм. «Сочэ щащІыну Олимпиадэм и пэ къихуэу адыгэ лъэпкъым а щIыналъэм хуиIэ пыщIэныгъэм теухуа хъыбар абдеж щагъэIуну дыхуейщ, — къыхигъэщащ Уэджид. — Ди гугъу зыкIи ямыщIу, абдеж къыщыхъуа зэхэуэр щымыIам хуэдэу, ди адэжьхэм я хьэдащхьэм утеджэгухьыныр къезэгъыркъым. Сочэ зэрыадыгэ щIыгур къыхамыгъэщу яхуэддэнукъым». ПэкІум къыщыпсэлъащ Самсун къалэм и Iэтащхьэр. Абы къыхигъэщащ адыгэхэр къызыхэхуахэм зэрахэзэгъар, ахэр зи цIыхугъэрэ зи нэмысрэ зыIыгъыж лъэпкъ уардэу зэрыщытыр, я щIыналъэр ефIэкIуэным, зиужьыным абыхэм я зэфIэкI куэди зэрыхэлъыр. ЗэIущIэм кърихьэлIахэр Урыс-Кавказ зауэм хэкIуэдахэм дакъикъэкIэ яхуэщыгъуащ. Абдежым абыхэм гъыбзэхэр щыжаIащ, лъэпкъыр зы хъужыну Тхьэ елъэIуащ, иужьым удз гъэгъа Iэрамэхэр тенджыз ФIыцIэм траутIыпщхьащ. Зыгуэр бгъэбииным фIы къишэркъым НэхъапэкIэ «Адыгэ псалъэ» газетым тетащ Тырку Республикэм и премьер-министрым адыгэхэм я фэеплъ махуэм къахуигъэхьа телеграммэр. Апхуэдэ телеграммэ къыбгъэдэкIащ Анталие къалэм и депутат, политик цIэрыIуэ Байкал Денизи. «Я хэкур, я напэр, я щхьэхуитыныгъэр яхъумэжын папщIэ зи псэ зытахэм щIыхь ин яхуэтщIынумэ, абыхэм я фэеплъыр дигухэм идгъэлъын хуейщ, — итщ телеграммэм. — ИгъащIэ лъандэрэ ущыпсэу уи хэкур Iэмалыншэу уагъэбгынэныр гуауэшхуэщ. Хамэ щIыналъэм щIэрыщIэу псэупIэ щыбухуэнри тыншкъым. Абы и лъэныкъуэкIи гугъуехьышхуэ ишэчащ адыгэ лъэпкъым. Мыбдежми ахэр щыхэхуащ зауэ, гъаблэри ягъэунэхуащ. Емынэм къелар хъумбылейм ехьыж жыхуаIэм хуэдэу, мы щIыналъэми куэдым я псэр щатащ. Абы и щыхьэтщ Кефкен щыIэ кхъэлъахэхэр. Зауэм, узым, гъаблэм къелахэм я щIэблэхэращ нобэ Тыркум щыпсэухэр. Я щхьэм кърикIуари ящымыгъупщэу, зыхэс лъэпкъми зыдрагъэкIуу хамэ къэрал куэдым хэпхъауэ щопсэу адыгэхэр. Нэхъыщхьэращи, апхуэдиз гугъуехьыр зылъэгъуа лъэпкъым гужьгъэжь и гум илъ хъуакъым. Абыхэм къагуроIуэ зыгуэр бгъэбииным фIы къызэримышэнур. Иджыпсту нэхъыщхьэр гум тридза уIэгъэм и дыркъуэм уэтэпс къемыгъэщIынырщ». ЦIыхугъэм къытхуигъэув къалэн Сирием щекIуэкI зауэм къыхэкIыу Тыркум къэкIуа адыгэхэм ятеухуауэ нэтын зыгъэхьэзыр Адыгэ Республикэм и телевиденэм и лэжьакIуэхэри хэтащ Самсун щекIуэкIа щыгъуэ-щIэж пэкIум. Абыхэм трахащ зэIущIэр зэрекIуэкIар. И Iуэху еплъыкIэр къащIэну абыхэм къагъэпсэлъащ Самсун къалэм и унафэщIыр. — Адыгэхэри, адрей лъэпкъхэм хуэдэу, мы хэгъуэгум и зыужьыныгъэм хуолажьэ, и щэнхабзэми хэлъхьэныгъэ хуащI, — яжриIащ абы Адыгэ Республикэм и журналистхэм. — Сирием щекIуэкI зауэм къыхэкIыу зи щхьэ къыдэзыхьэлIахэм ди къуэш адыгэхэри яхэтщ. Дэ, къэралри жылагъуэри дызэгъусэу, абыхэм дазэрыдэIэпыкъуным дыхущIокъу. Ар цIыхугъэм къытхуигъэув къалэну добж. Дэ зыкIи къыттехьэлъэркъым ахэр ди деж зэрыщыIэр, ауэ дыщIохъуэпс а зауэ гущIэгъуншэр увыIэу, дэтхэнэри мамырыгъэ зыдэлъ я жьэгум етIысылIэжыну». Зытхыжар Хъуажь Фахърищ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28504.txt" }
Бэчыжь Лейлэ ДАХ-м егъэлъапIэ Филологие щIэныгъэхэм я доктор, КъШКъУ-м и профессор, КъШР-м и ТхакIуэхэм я союзым и гуащэ, Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэрэшей-Шэрджэс институтым и адыгэ къудамэм и унафэщI, ЩIДАА-м и вице-президент Бэчыжь Лейлэ Iэбубэчыр и пхъум къыщалъхуа махуэм ирихьэлIэу хуагъэфэщащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ЩIыхь тхылъымрэ бгъэхэIу дамыгъэмрэ. Лейлэ. 1955 гъэ Лейлэ. 1968 гъэ ДАХ-м и саугъэт нэхъ лъапIэ дыдэр адыгэ бзылъхугъэ пщIэшхуэ зиIэм Черкесск хуашащ, и махуэшхуэмкIи ехъуэхъуащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым хэт, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, ЩIДАА-м и вице-президент, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ институтым и лэжьакIуэ Хъуажь Фахъри сымэ. ЗэIущIэ гуапэм хэтащ Урысей Федерацэм щыпсэу адыгэхэм я лъэпкъ-щэнхабзэ автономием и тхьэмадэ Уэхъутэ Александр, КъШР-м и цIыхубэ усакIуэ Шыбзыхъуэ Ларисэ сымэ, нэгъуэщIхэри. Дуней псом къыщацIыху литературовед, критик, шэрджэс, абазэ, нэгъуей, къэрэшей литературэхэр щызэпкърих тхылъ куэд дыдэ зи Iэдакъэ къыщIэкIа Бэчыжь Лейлэ лъэпкъым и къэкIуэнум гуащIафIэу зэрыхуэлажьэм щхьэкIэ ДАХ-м хуищIа гулъытэм фIыгъуэ къыхудэкIуэну, ди лъэпкъым и зыужьыныгъэм иджыри куэдрэ хуэлэжьэну хъуэхъуащ ХьэфIыцIэр икIи ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий и фIыщIэ псалъэхэр жриIэжащ. Лъэпкъыр ипэкIэ зыгъэкIуэтэн, хабзэр, бзэр, щэнхабзэр, литературэр зыхъумэн, зезыгъэужьын куэд адыгэм къыщIэхъуэну, езыр зэрагъэгушхуа саугъэт лъапIэр зыхуэфэщэн IэщIагъэлIхэр къыдэкIуэтеину Тхьэм елъэIуащ Бэчыжь Лейлэ икIи къыхуагъэфэща псом и теплъэкIи, и купщIэкIи иригъэлъэпIэкI ДАХ-м и ЩIыхь тхылъымрэ медалымрэ хуабжьу зэрыщыгуфIыкIар къыхигъэщащ. Абы тет дамыгъэм — Сосрыкъуэ мафIэр къызэрихьыжар — мыхьэнэшхуэ зэриIэм гу лъитэри, лъэпкъым и жьэгу мафIэр зэхэмыкIыжу, зиузэщI зэпыту псэуну хъуэхъуащ. Бэчыжь Лейлэ и пшыхь дахэм хэтахэр: Уэхътэ Александр, Шыбзыхъуэ Ларисэ, ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, езы Лейлэ, хъуажь Фахъри, Лъхукъуэщауэ Хьэбас. НэщIэпыджэ Замирэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28507.txt" }
«Адыгэ макъ» газетыр илъэс 90 ирокъу «Адыгэ макъ» лъэпкъ газетыр илъэс 90 щрикъу махуэр Iэтауэ Мейкъуапэ щагъэлъэпIащ. ЕкIуу къызэрагъэпэща дауэдапщэм ирихьэлIащ Адыгэ Республикэм и Iэтащхьэ ТхьэкIушынэ Аслъэнджэрий, Къэрал Советым — Хасэм и тхьэмадэ Нарожный Владимир, Правительствэм и УнафэщI КъумпIыл Мурат, Урысей Федерацэм и Къэрал Думэм и депутат Натхъуэ Разиет, министрхэр, адыгэ интеллигенцэм и лIыкIуэхэр, хамэ къэрал къикIыжа ди къуэшхэр, КъБР-м, КъШР-м щыщ хьэ щIэхэр. ЗэIущIэм хэт хьэщIэхэм я гъусэщ МэшбащIэ Исхьэкърэ МэшхуэфI Нэждэтрэ. Япэу утыкум кърагъэблэгъа ТхьэкIушынэ Аслъэнджэрий жиIащ «Адыгэ макъыр» лъэпкъыбзэм, хабзэм, тхыдэм я хъумакIуэу зэрыщытыр икIи ахэр ефIэкIуэнымкIэ газетым и лэжьакIуэхэм зэпыу имыIэу лэжьыгъэшхуэ зэрагъэзащIэр. — Лъэпкъыр лъэпкъыу къызэтенэн папщIэ и бзэ ищIэжын, лъэпкъ газет къыдигъэкIыжын хуейщ. Адыгэ республикэм къыщыхъу-къыщыщIэхэр ди цIыхухэм я деж нэхъ псынщIэу, зэгъэкIуауэ литературэбзэ дахэкIэ нэхьэсынымкIэ къалэнышхуэ зэфIех газетым. Абы и напэкIуэцIхэм тхыдэм, лэжьакIуэбэм, цIыху къызэрыгуэкIхэм ятеухуа тхыгъэ гъэщIэгъуэнхэр къытохуэ, газетыр къыдэкIын зэрыщIидзэрэ творческэ цIыхухэм заужьынымкIэ, ахэр къацIыхунымкIэ сэбэпышхуэ мэхъу. И псалъэхэм я щыхьэту ТхьэкIушынэм щапхъэу къихьащ я тхакIуэ пэрытхэу КIэрашэ Тембот, МэшбащIэ Исхьэкъ, Къуиикъуэ Налбий, Чуякъуэ Юнус сымэ, нэгъуэщIхэри. Газетым и лъабжьэр зыгъэтIылъахэм ящыщщ адыгэ литературэм и къызэгъэпэщакIуэ КIэрашэ Тембот. Илъэс зэхуэмыдэхэм газетым и Iэтащхьэу щытащ Мерэтыкъуэ Рэмэзан, ХьэщIэмыз Биболэт, илъэс щэщIым нэблагъэкIэ и гуащIэ емыблэжу газетым и зыужьыныгъэм и къару хилъхьащ Андырхъуей Жантемыр. Газетым и редакцэм гулъытэ хэха хуещI лъэпкъ щэнхабзэм зегъэужьыным, егъэфэкIуэным, хамэ лъэпкъ щыпсэу адыгэхэм хуаIэ пыщIэныгъэр гъэбыдэным. «Адыгэ макъым» и Интернет-сайтым тхыгъэхэр бзиплIкIэ къызэрыралъхьэм и фIыгъэкIэ, абы зылъищIысыр нэхъыбэ мэхъу. Илъэс куэд хъуауэ я къару емыблэжу зэрылажьэм папщIэ, газетыр къыдэкIын зэрыщIидзэрэ илъэс 90 щрикъум ирихьэлIэу «Адыгэ республикэм щIыхь зиIэ и журналист» цIэ лъапIэр фIащащ «Адыгэ макъ» газетым и редактор нэхъыщхьэ Дербэ Тимур, редактор нэхъыщхьэм и япэ къуэдзэ МэшылIокъуэ Саидэ, щэнхабзэмрэ литературэмкIэ къудамэм и унафэщI Мэмрыкъуэ Нуриет, редакцэм и корреспондент Щауэ Аслъэнгуащэ сымэ. Пшыхьым щагъэлъэгъуащ АР-м и Къэрал телевиденэм зи илъэс 90-р зыгъэлъапIэ редакцэм теухуауэ игъэхьэзыра нэтын гъэщIэгъуэныр. Абы дахэу щызэхаухуэнат «Адыгэ макъым» и тхыдэмрэ и нобэмрэ, газетым къызэпича гъуэгуанэ мытыншыр, абы и лэжьакIуэхэм я гукъэкIыжхэр. Урысей Федерацэм и Къэрал Думэм и депутат Натхъуэ Разиет нэхъыжьхэми нэхъыщIэхэми зэIэпахыу щIаджыкI «Адыгэ макъым», абы и лэжьакIуэхэм зыужьыныгъэ дяпэкIи яIэну ехъуэхъуащ. Абы и псалъэхэм къыхигъэщащ лъэпкъым папщIэ газетым лэжьыгъэ ин зэрызэфIигъэкIар, адыгэхэм я хъугъуэфIыгъуэхэр хъумэным, гъэбэгъуэным зэрелIалIэр. АР-м и Къэрал Советым — Хасэм и тхьэмадэ Нарожный Владимир къыхи- гъэщащ нобэрей махуэм республикэм и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зэриIэр. Я къару емыблэжу илъэс куэдкIэ лъэпкъ щэнхабзэм хэлъхьэныгъэ зэрыхуащIам папщIэ Адыгейм и хабзэубзыху IэнатIэм и ЩIыхь тхылъыр газетым и корректор Ефэнды Iэсият, обозреватель Тхьэркъуахъуэ Iэдэм сымэ хуагъэфэ- щащ. «Адыгэ макъым» и редактор нэхъыщхьэ Дербэ Тимур газетыр лъэпкъым и гъуоуэ зэрыщытыр жиIащ. Тхыдэр фIыуэ зылъагъухэм, и мыхьэнэр къызыгурыIуэхэм яхуэгъэзауэ редакцэм мазэм тIэу напэкIуэцI щхьэхуэ урысыбзэкIэ къыдегъэкI. Мазэ къэс дунейм къытохьэ узыншагъэр хъумэным, диным, щIэблэщIэм, литературэм, нэгъуэщIхэми ятеухуауэ ягъэхьэзырхэр. Дербэ Тимур фIыщIэ щхьэхуэ хуищIащ республикэм и Iэтащхьэ ТхьэкIушынэ Аслъэнджэрий, сыт щыгъуи гулъытэ хэха къазэрыхуищIым, къазэрыдэIэпыкъум папщIэ. КъыкIэлъыкIуэу утыкум ирагъэблэгъащ КъБР-м, КъШР-м къикIа хьэщIэхэу «Адыгэ псалъэ», «Черкес хэку» газетхэм я редактор нэхъыщхьэхэу ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ Тхьэгъэпсэу Увжыкъуэрэ. ХьэфIыцIэ Мухьэмэд жиIащ адыгэ лъэпкъым и газетхэм ящыщу япэ дыдэу къэпсэлъар «Адыгэ макъыр» зэрыарар. Къэбэрдейми Шэрджэсми ди газетхэм къыдэкIын щыщIадзар илъэс дэкIыжа нэужьщ. — Нобэ дгъэлъапIэ газетым и макъыр жыжьэ нэIусрэ дэтхэнэ зы адыгэми зэхихыу лъэпкъым куэдрэ къыдэгъуэгурыкIуэну Тхьэм жиIэ! Илъэс 22-рэ хъуауэ «Адыгэ макъ», «Черкес хэку», «Адыгэ псалъэ» газетхэм я номер зэхэтхэр къыдыдогъэкIри, дэ дызытемытхыхьа, зи гугъу дымыщIа, къэдмыIэта Iуэху къэнэжакъым. Ди журналистхэм я закъуэщ хэкуищ зэпищIэу лажьэр. Адыгэр щыIэху «Адыгэ макъыр», «Адыгэ псалъэр», «Черкес хэкур» Тхьэм щигъэIэ, — апхуэдэу иухащ и псалъэр ХьэфIыцIэм. Къэрал къулыкъущIапIэхэмрэ цIыхубэмрэ зэпызыщIэу, тIуми я щIэгъэкъуэну газетыр зэрыщытыр и псалъэхэм щыжиIащ Тхьэгъэпсэу Увжыкъуэ. Аслъэн Алий Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и Парламентым и ЦIыхубэ Зэхуэсым и ЩIыхь тхылъыр Дербэ Тимур иритащ. Пшыхьыр ягъэдэхащ «Ислъэмей», «Налмэс» ансамблхэм, уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэхэу Дзыбэ Мухьэмэд, Къуийсокъуэ Симэ сымэ, нэгъуэщIхэми. Щомахуэ Залинэ. Налшык — Мейкъуапэ — Налшык
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28512.txt" }
ЩIыуэпсым и хъумакIуэхэр Урысей Федерацэм и Президентым и унафэкIэ 2013 гъэр дыкъэзыухъуреихь дунейм и илъэсу ягъэуващ. Абы ипкъ иткIэ, ди республикэм и къалэхэмрэ районхэмрэ зэIущIэ гъэщIэгъуэнхэр щрагъэкIуэкI. Къапщтэмэ, Май къалэм дэт сабий библиотекэм щызэхэтащ «Дыкъэзыухъуреихь дунейр къедвгъэгъэл» Iуэхугъуэр. Абы хэта, къалэ курыт школ №3-м и пэщIэдзэ классхэм щеджэ цIыкIухэр зэпеуащ ди щIыналъэм узыщрихьэлIэ къэкIыгъэхэм, псэущхьэхэм, езы щIыуэпсым ятеухуа тхыгъэхэр гъэхьэзырынымкIэ. Акцэм и къалэн нэхъыщхьэу щытар дыкъэзыухъуреихь дунейм и дахагъымрэ абы иIэ мыхьэнэр зэрыинымрэ къыдэкIуэтей щIэблэм къагурыIуэу къэгъэтэджынырщ. Iуэхур къызэзыгъэпэща егъэджакIуэхэу Къэжэр Iэсият, Березань Татьянэ, Алиякберовэ Людмилэ, Рудь Татьянэ сымэ къызэралъытэмкIэ, мыпхуэдэ зэпеуэхэм сабийхэр гущIэгъумрэ гулъытэмрэ хуаущий, жэуаплыныгъэ яхэлъу къегъэхъу. Зэпеуэм хэта цIыкIухэм фIыщIэ къыхуащIащ. Нэхъ лэжьыгъэфI зытхахэм сабий библиотекэм и щIыхь тхылъхэмрэ саугъэтхэмрэ хуагъэфэщащ. Жанхъуэт Зузэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28516.txt" }
КъэкIуэнур зейхэр Къып Мухьэмэд и цIэр зэрихьэу Къулъкъужын Ипщэ дэт еплIанэ школым щеджэ цIыкIухэм щыщу 37-рэ пионер организацэм хагъэхьащ. ЗэIущIэр къызэзыгъэпэщахэм псалъэ гуапэ куэд жаIащ махуэшхуэм кърихьэлIахэм яхуэгъэзауэ. Абыхэм яхэтащ КПРФ-м и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и япэ секретарь, Къулъкъужын Ищхъэрэ къыдэкIа Пащты Борис: «Фи школым зи цIэр фIаща Къып Мухьэмэд зэрысурэтыщI Iэзэм къищынэмыщIауэ, цIыхугъэ зыхэлъ ныбжьэгъу пэжт. Сэ сыхуейт абы и цIэр зезыхьэ школым щIэс ныбжьыщIэхэр езы Мухьэмэд фефIэкIыжыну. ФыкъимыкIуэт, гугъуехьым фыщымышынэ, ипэкIэ фызэрыкIуэтэным яужь фит. Фэращ къэкIуэнур зейр. Пщэдейр нэхъыфI, нэхъ дахэ зыщIыну зи къару дэхуэнур». Пионерым хагъэхьагъащIэхэм захуигъазэри, Пащтым жиIащ: «Пионер! Уи Хэкум папщIэ IуэхуфIхэр зэрыблэжьынум, гуапагъэм, захуагъэм хуэхьэзыру щыт». А псалъэхэм школакIуэ цIыкIухэр зыжьэу къыпэджэжащ: «Сыт щыгъуи дыхьэзырщ!» Илъэс зыбжанэ хъуауэ къаIэтыжауэ мы школым пионер зэгухьэныгъэр щолажьэ. ЦIыкIухэм яфIэгъэщIэгъуэн, щIэщыгъуэ ящыхъун Iуэхум зэрыхигъэтыным яужь итщ абыхэм я вожатэ Ныр Маритэ. Къуажэ школым и егъэджакIуэхэм быдэу я фIэщ мэхъу пионер щIэблэщIэм я адэхэм, адэшхуэхэм я хабзэ дахэм екIуу къыпащэну, яхъумэну. Алокъуэ Аринэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28520.txt" }
Нобэ Мэкъуауэгъуэм и 11 — 12-хэм Москва щызэхэтынущ Урысейпсо цIыхубэ фронтым и Учредительнэ съезд. Мэкъуауэгъуэм и 11 — бадзэуэгъуэм и 2-хэм екIуэкIынущ гъуазджэм и дунейпсо фестивалыр, «Санкт-Петербург и жэщ нэхухэр» зыфIащар. КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ, пшынауэ Iэзэ ДыщэкI ФатIимэт къыщалъхуа махуэщ. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэтекIыу щыщытынущ, пIалъэ-пIалъэкIэрэ уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 19 — 20-рэ, жэщым градус 15 — 16 щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28522.txt" }
Ди къуэш республикэхэм Илъэс 20 ирокъу Адыгей. Республикэм и Iэтащхьэ ТхьэкIушынэ Аслъэнджэрий лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ фIэкIыпIэншэ медицинэ страхованэмкIэ федеральнэ фондым и унафэщI Карчевская Светланэ. Адыгейм медицинэ страхованэмкIэ и IэнатIэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 20 зэрырикъум теухуауэ щIыналъэм къэкIуа хьэщIэмрэ республикэм и Iэтащхьэмрэ а унэтIыныгъэм и зыужьыныгъэм, гу зылъытапхъэхэм, нэгъуэщI Iуэхугъуэхэми тепсэлъыхьащ. А зэIущIэм кърихьэлIащ АР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Мэрэтыкъуэ Рустамрэ фIэкIыпIэншэ медицинэ страхованэмкIэ щIыналъэ фондым и унафэщI Хьэгъэудж Мариетрэ. Сом мелуан 70-м щIигъу Къэрэшей-Шэрджэс. КъШР-м и прокуратурэм энергетикхэм сом мелуан 70-м щIигъу зыкIэщIаупщIауэ шэч ещI. Республикэм и прокуратурэмрэ налог ятелъхьэным ехьэлIа щIэпхъаджагъэхэм ебэнынымкIэ щIыналъэ МВД-м и къудамэмрэ къэпщытэныгъэхэр щрагъэкIуэкIым «Карачаево-Черкесскэнерго» ОАО-м сом мелуан 70 щызэхадыгъуауэ къыщIагъэщащ. КъызэрахутамкIэ, ОАО-р къэзыгъэсэбэпхэм яхуиутIыпщ электрокъарур зыхуэдизымрэ абы и уасэмрэ теухуауэ КъШР-м тарифхэмрэ уасэхэмкIэ и управленэ нэхъыщхьэм игъэхьа дэфтэрхэм къыщигъэлъэгъуащ «Карачаево-Черкесскэнерго» зэгухьэныгъэм «Юрэнергоконсалт» ООО-м электрокъарур къыхуиутIыпщыным тримыгъэкIуэда мылъку. АрщхьэкIэ апхуэдэ зэгурыIуэныгъэ щыIакъым. ЦIыхухэм яIэрыхьэ электрокъарум и уасэр зэрыдрагъэуеям къыхэкIыу сом мелуан 70-рэ мин 700-м нэблагъэ ядыгъуащ. Уэрдокъуэ Женя.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28524.txt" }
Зэрызэдэлэжьэнум топсэлъыхь Къанокъуэ Арсен КъБР-м и Правительствэм и Унэм щыхуэзащ Налшык лэжьыгъэ IуэхукIэ къэкIуа, Федеральнэ казначействэм и унафэщI Артюхин Роман. Ди щIыналъэм и экономикэм иIэ зэфIэкIхэм я гугъу щищIым, КъБР-м и Iэтащхьэм къыхигъэщхьэхукIащ хэхауэ мэкъумэш хозяйствэм иIэ ефIэкIыныгъэхэр. Абы къызэрилъытэмкIэ, мэкъумэшыщIэхэр тэмэму лэжьэн папщIэ, ди деж зыхуэбгъэдэн щымыIэ Iэмалхэр щызэтеуващ. Республикэм хузэфIэкIынущ пхъэщхьэмыщхьэрэ хадэхэкIыу къэралыр зыхуейм и нэхъыбапIэр кърихьэлIэн, ахэр нэгъуэщI къэралхэм кърамышу ищIын папщIэ. «Дэ жыг хадэу гектар мини 10 хэтсэну ди мурадщ. Абы и фIыщIэкIэ, къэралыр пхъэщхьэмыщхьэу зыхуэныкъуэм процент 80-м нэблагъэр, нэгъуэщIу жыпIэмэ, иджыпсту адрей къэралхэм къыщащэхум хуэдиз ди мэкъумэшыщIэхэм кърахьэлIэнущ», — къыхигъэщхьэхукIащ республикэм и Iэтащхьэм. Жыг хадэхэм зэрызаубгъум къыдэкIуэу, иужьрей илъэсхэм теплицэхэм я бжыгъэхэми хохъуэ. Ахэр Къэбэрдей-Балъкъэрым еухуэ Италием щыщ IэщIагъэлIхэм ящIыгъуу. Абыи щIэупщIэ зиIэ хадэхэкIхэр къет. «Ди деж къыщрахьэлIэ пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ я фIагъыр дэ урысей, дунейпсо рынокхэм хэIущIыIу зэрыщытщIыным икIи зэрыпхыдгъэкIыным яужь дитынущ», — жиIащ Къанокъуэ Арсен. КъБР-м и Iэтащхьэм хьэщIэр апхуэдэу щыгъуазэ ищIащ Швейцарием и лIыкIуэ иджыпсту республикэм зэрыщыIэм. А къэралым и компаниехэр дэ къыддолажьэ Май районым полимер къабзэхэр къыщIэзыгъэкI завод щыухуэнымкIэ. А IуэхущIапIэм инфраструктурэ щхьэхуэхэр нагъэблэгъащ. Абыхэм трагъэкIуэдэн папщIэ, УФ-м и Инвестицэ фондым и ахъшэу сом мелард 1,5-рэ къиутIыпщащ. Къанокъуэ Арсен апхуэдэу тепсэлъыхьащ УФ-м и Президентым нэгъабэ и накъыгъэ мазэм къыдигъэкIа указхэр гъэзэщIа зэрыхъум. Мы Iуэхум республикэм и унафэщIхэм гулъытэшхуэ хуащI. А указхэм япкъ иткIэ, зыхуэфащэ IэнатIэхэм къалэн инхэр хуагъэуващ. Бюджетыр къызэрызэгъэпэщамкIэ дэ дяпэ Ставрополь крайм фIэкIа имыт пэтми, иджыпсту ахъшэр къыдомэщIэкI, абы къыхэкIыу зыхуэдгъэувыжа къалэнхэр дгъэзэщIэн папщIэ, бюджет кредитхэр къэдгъэсэбэпын хуей хъуну къыщIэкIынщ. Апхуэдэу, республикэм и Iэтащхьэм къызэрилъытэмкIэ, къэралым и Iэтащхьэм къигъэува Iуэхухэр нэсу дэкIын папщIэ, экономикэм щIэгъэхуэбжьауэ зегъэужьын хуейщ. Мыбдеж мэкъумэш IэнатIэм къыдэкIуэу, хуэфащэ гулъытэ игъуэтыпхъэщ туризмэм и IэнатIэм, псалъэм папщIэ, Iуащхьэмахуэ лъапэ щIыналъэ хэхахэр къыщызэгъэпэщыным, а зыгъэпсэхупIэр «Кавказ Ищхъэрэм и курортхэр» акционер зэгухьэныгъэм щIыгъуу зэтегъэувэжыным. Къанокъуэ Арсен къыхигъэщхьэхукIащ КъБР-м и властхэр УФ-м ФинансхэмкIэ и министерствэм тэмэму зэрыдэлажьэр икIи абы республикэм дэIэпыкъуныгъэшхуэ къызэрыритыр, хуей щыхъум деж, бюджет кредитхэмкIэ къызэрызэригъэпэщыр. А псоми къадэкIуэу, КъБР-м и Iэтащхьэм къызэрилъытэмкIэ, щIыналъэхэр, псом хуэмыдэу дотацэхэр зэпымыууэ зыгъэмащIэхэр, Iуэхум зэрытрагъэгушхуэ Iэмалхэр яубзыхупхъэщ. Артюхин Роман къыхигъэщхьэхукIащ финанс органхэмрэ казначействэмрэ зэрызэдэлажьэр егъэфIэкIуэным икъукIэ мыхьэнэшхуэ зэриIэр, езыри а мурадым къызэрытекIухьар. Апхуэдэу тепсэлъыхьын хуейщ Бюджет кодексым халъхьа зэхъуэкIыныгъэхэм япкъ иткIэ къэув къалэныщIэхэм. КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28526.txt" }
Чемпионхэр ягъэлъапIэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым товароведенэмрэ коммерцэмкIэ и къудамэм я хьэщIащ спортымкIэ дунейпсо класс зиIэ и мастер, Европэм и чемпионхэу Урыш Анзоррэ Джэду Iэниуаррэ. Абыхэм я гъусащ я гъэсакIуэ, Урысейм бэнэкIэ хуитымкIэ ныбжьыщIэхэм я командэ къыхэхам и тренер нэхъыжь Тембот Анзор. ЕгъэджакIуэхэмрэ студентхэмрэ гуапэу яIущIащ а еджапIэм щIэса спортсмен цIэрыIуэхэм. ЗэIущIэр къызэIуихащ къудамэм и декан Азычэ Светланэ. — Нобэ къытхуеблэгъа хьэщIэхэм фIыщIэ ин фхузощI. Догушхуэ фэ мыбы фызэрыщеджам папщIэ. Фи зэфIэкI лъагэхэм, ехъулIэныгъэ лъапIэхэм дыщыгъуазэщ. ГъащIэм щывиIэ мурадхэмкIэ, фи гупсысэхэмкIэ фыкъыддэгуашэмэ, ди гуапэ хъунущ. Ди щIалэгъуалэми упщIэ куэдкIэ зыкъыфхуагъэзэнущ, — жиIащ абы. Чемпионхэм я тренер Тембот Анзор къыхигъэщащ мы щIалэхэр гъуэгу теувэнымкIэ КъБКъМУ-м и сэбэп куэд зэрыхэлъар. Тембот Анзор тепсэлъыхьащ къапэщылъ зэхьэзэхуэхэм, яубзыху мурадхэм. — Иджыпсту Урысей чемпионатым зыхудогъэхьэзыр. Абы кърикIуахэм япкъ иткIэ, Дунейпсо зэхьэзэхуэм кIуэнухэр ягъэбелджылынущ. ЩIалэхэм куэдкIэ дащогугъ, дыкъагъэщIэхъуи я хабзэкъым,- щIигъуащ абы. ХьэщIэхэм упщIэ зэмылIэужьыгъуэхэр иратащ. Спорсменхэм ехъулIэныгъэ зыIэрагъэхьэнымкIэ сэбэп къахуэхъури, хьэрхуэрэгъу лъэщу къапэщIэхуари, спорт гъащIэм хэт къыхишами, абы сыт хуэдэ дэрэжэгъуэ къыхахми, я унагъуэ Iуэхури — псори яфIэгъэщIэгъуэнт. — Спортым сыхэзышар си адэрщ. Спортым ехьэлIа гугъуехьым дэрэжэгъуэ ин къыпокIуэ. Нэхъ къызэгугъуэкIауэ щытащ 2010 гъэм Азербайджаным сыщыщыбэнар — хьэрхуэрэгъу лъэщ дыдэ къыспэщIэхуат, -жиIащ Урыш Анзор. Джэду Iэниуар зэхьэзэхуэу зыхэтахэм нэхъ къегугъуэкIар мы гъэм Ярыгин Иван и Гран-при-м щыщIэзэуарщ. Iэниуар бэнэкIэ хуитым хуегъасэ сабий унэхэм щыпсэухэр. — ЩIалэхэр унагъуэ? — щIэупщIащ студенхэр. — Унагъуэщ. Анзор пхъуитI, Iэниуар зы щIалэ иIэщ,- щигъэгъуэзащ ахэр тренерым. ЗэIущIэр и кIэм щынэблагъэм, спортсменхэм иратащ тыгъэхэр, удз гъэгъахэр. Гугъуэт Заремэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28534.txt" }
ЩIэблэр хагъэгъуазэ Тэрч къалэ дэт курыт школ №3-м и еджакIуэхэр яIущIащ Тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ я фэеплъхэр хъумэнымкIэ урысейпсо обществэм и къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм и лIыкIуэхэм. Тэрч район администрацэм, ветеранхэм я щIыпIэ Советым администрацэм егъэджэныгъэмкIэ и къудамэм я лэжьакIуэхэри хэту къызэрагъэпэща мы Iуэхум и къалэн нэхъыщхьэр ди тхыдэ фэеплъхэм я мыхьэнэмрэ ахэр хъумэн щIыхуеймрэ къыдэкIуэтей щIэблэр хэгъэгъуэзэнырщ. ЗэIущIэм къыщахьащ иужьрей илъэс зыбгъупщIым фэеплъхэм ехьэлIа щIэпхъаджагъэхэр зэралэжьым и щапхъэ куэди. НыбжьыщIэхэр ирагъэплъащ «Къэбэрдей-Балъкъэрым и археологие щIэинхэр» зыфIаща сурэт выставкэм. Мы Iуэхум кърихьэлIа нэхъыжьхэм еджакIуэхэр щIагъэдэIуащ зауэ лъэхъэнэ хьэлъэм ди цIыхубэм ятелъа гугъуехьхэмрэ ди зауэлIхэм зэрахьа лIыгъэ мыухыжымрэ ятеухуа хъыбархэм. ЗэIущIэм и кIэухым ныбжьыщIэхэр къыхураджащ хэкур фIыуэ лъагъуным, абы и хуитыныгъэмрэ мамыр гъащIэмрэ зи псэр щIэзытахэм я дэтхэнэ зы фэеплъми гулъытэ ин хуэщIыным икIи хъумэным. Црым Бабыцэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28538.txt" }
«Ладья» клубым щызохьэзохуэ Тэрч къалэ щыIэ «Ладья» клубым урыс шашкэмрэ шахматымкIэ ныкъуэдыкъуэхэм я зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ. Нэфхэм я урысейпсо зэгухьэныгъэм и Тэрч щIыпIэ IуэхущIапIэм и унафэщI Бжьыней Арсен зэрыджиIамкIэ, зэхьэзэхуэм и мыхьэнэ нэхъыщхьэу щытащ ныкъуэдыкъуэхэр физическэ щэнхабзэмрэ спортымрэ дегъэхьэхыныр, шахматымрэ шашкэмрэ абыхэм я дежкIэ сэбэп зыпылъу зэрыщытыр зыхегъэщIэныр. Мы гъэм зэхьэзэхуэм къызэхуишэсащ спортсмен 30-м щIигъу. Ахэр я ныбжькIэ гупитIу гуэшат. ШахматымкIэ цIыхухъухэм я зэпеуэм япэ увыпIэр къихьащ район поликлиникэм илъэс 52-рэ хъуауэ дохутыр-офтальмологыу щылажьэ Шэрыб Билал. Урыс шашкэмкIэ бжьыпэр иубыдащ абы и къуэш нэхъыщIэ Юрэ. ШашкэмкIэ ныбжьыщIэхэм я зэхьэзэхуэм пашэ щыхъуащ Дзэгъащтэ Темболэт. Щомахуэ Аминэ етIуанэ, АфIэунэ Астемыр — ещанэ увыпIэхэр яубыдащ. Зэхьэзэхуэм хэта псоми щIыхь тхылъхэр, фэеплъ тыгъэхэр иратащ. ТекIуэныгъэ къэзыхьахэм ахъшэ саугъэтхэр хуагъэфэщащ. Гулъытэ хэха хуащIащ «Ладья» шахмат клубым и унафэщI, зэхьэзэхуэм и судья нэхъыщхьэу щыта Ахэмын Феликс. Зэпеуэм кърихьэлIахэм саугъэтхэр иратыну лъагъэсащ куей администрацэм и унафэщIым и къуэдзэ КIэрэф Мурадин, Ныкъуэдыкъуэхэм я урысейпсо зэгухьэныгъэм и IуэхущIапIэ КъБР-м щыIэм и тхьэмадэ Щоджэн Хьэсэнбий, куейм и Пенсионерхэм я союзым и Iэтащхьэ Чэрты Зое сымэ. КIуантIэ Замирэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28541.txt" }
Гъуэгуанэ кIыхьым я щыхьэт сурэтхэр СурэтыщI гъуазджэр республикэм щызэфIэувэным, зыщегъэужьыным хэлIыфIыхьахэм ящыщщ Урысейми Къэбэрдей-Балъкъэрми щIыхь зиIэ я художник Третьяков Николай. Абы и гъэлъэгъуэныгъэ иджыблагъэ СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм (Налшык къалэ) щызэхэтащ. Третьяков Николай Третьяков Николай къыщалъхуар Краснодар крайм хыхьэ Темрыкъуэ къалэрщ, и сабиигъуэр щигъэкIуар Дербентщ. 1935 гъэм и унагъуэр Налшык къэIэпхъуэри, мыбы щыпсэуащ. Курыт еджапIэр къиуха нэужь, Николай щIэтIысхьащ Грабарь Игорь и цIэр зезыхьэ Москва художественнэ школым. ЕджапIэр къиухри, абы Налшык къигъэзэжащ, арщхьэкIэ 1941 гъэм зауэр къэхъейри, зи ныбжьыр илъэс 18 фIэкI иримыкъуа, езым хуэдэ щIалэхэм ящIыгъуу зауэм Iухьащ. Кавказыр, Украинэ Ипщэр щхьэхуит къэзыщIыжахэм ар яхэтащ, псэемыблэжуи Прагэ нэс кIуащ. Налшык къэкIуэжа иужь, Третьяковыр жыджэру и IэщIагъэмрэ жылагъуэ Iуэхухэмрэ пэрыхьэжащ. ИкъукIэ лэжьыгъэ купщIафIэ куэд сурэтыщIым и Iэдакъэ къыщIэкIащ. Ар псэужамэ, илъэс 90 мы гъэм ирикъунут. Зауэм и пэ зэман гугъухэм, Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм, текIуэныгъэм къихьа гуфIэгъуэм, нэгъуэщI Iуэхугъуэхэми зыхуиша гупсысэхэр абы и лэжьыгъэхэм къыщигъэлъэгъуэжащ. Тхыдэм и напэкIуэцIхэр къыпхузэIуахым хуэдэщ Николай и сурэтхэм. Художникым щIыпIэ куэд къызэхикIухьащ, щIыуэпсым и теплъэ къабзэр зэрилъагъур тхылъымпIэм тридзэжу. Абы и сурэтхэмкIэ зыщыпплъыхьыфынущ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Дагъыстэным, Азие Курытым, Урысейм и къалэхэм. Третьяковым и лэжьыгъэхэм я нэхъ гукъинэжхэм ящыщщ цIыху цIэрыIуэхэм ятрищIыкIа сурэтхэр. Апхуэдэхэщ «Управления колхоза», «Разговор о земле», «Балкарская семья», «Портрет ветерана», «Ковровщицы», «Чабан Жабелов», «Портрет Шериевой Сони», нэгъуэщIхэри. ЦIыхум къызэринэкIа гъуэгуанэр езым нэхърэ нэхъыфIу нэгъуэщIым къыхуэIуэтэжынукъым икIи къигъэлъэгъуэжыфынукъым. Третьяков Николай зауэм лIыгъэ зэрихьэу хэтам и мызакъуэу, илъэгъуахэм къызыхуигъэуша гупсысэхэр и лэжьыгъэхэм щыдигъэлъагъун хузэфIэкIащ. ЛъапIэщ абы зауэм триухуа и IэдакъэщIэкIхэр: «Знамя над Эльбрусом», «Защитникам Кавказских перевалов», «Оборона Кавказа», «На марше», «Год 1942», нэгъуэщIхэри. КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къуэдзэ Карчаевэ Аминэ къыхигъэщащ сурэтыщIым и лэжьыгъэхэм лIэщIыгъуэ псо къызэрызэщIаубыдэр, гурыщIэ къабзэкIэ ахэр зэрыгъэнщIар. «Николай цIыхубэм сыт щыгъуи пэгъунэгъуу щытащ, мызэ-мытIэу ар хахащ республикэм и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщIу. Хэку зауэшхуэм и курыкупсэм хэта ди лIыхъужьщ, сурэтыщI Iэзэщ ар», — жиIащ Аминэ. — ГъащIэ дахэ икIи гугъу къэзыгъэщIа художникыр и цIыху щIыкIэкIи и творчествэкIи ящымыгъупщэнхэм ящыщщ. Зауэ лыгъейр зылъэгъуа Третьяковым дахагъэ къигъэщIыну иужькIэ зэрылъэкIыжам уригушхуэ хъунущ. Абы и фIыгъэкIэ щIалэгъуалэм Iэмал яIэщ а зэман хьэлъэхэм я пэжыпIэр зрагъэщIэну. ИкъукIэ щIэин лъапIэ къытхуигъэнащ сурэтыщIым, — жиIащ КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм и тхьэмадэ Темыркъан Геннадий. СурэтыщI Плотников Василий игу къигъэкIыжащ Третьяков Николайрэ абырэ зэрызэдэлэжьар, зэгъусэу бгыхэм дэкIыу зэрыщытар. Ерчэн Исуф къыхигъэщащ гъэлъэгъуэныгъэр Третьяков Николай и къуэрылъху Вадим и фIыгъэкIэ къызэгъэпэща зэрыхъуар, апхуэдэуи абы сурэтыщIым и благъэ-Iыхьлыхэм фIыщIэ яхуищIащ я адэшхуэм и IэдакъэщIэкIхэм пщIэ зэрыхуащIым папщIэ. — ЖысIэну тIэкIу емыкIуми, мы унагъуэм сыкъыщыхыхьам абы исхэм яку дэлъ зэгурыIуэ-зэрылъытэр, зэныбжьэгъугъэ быдэр згъэ- щIэгъуат, — жеIэ Вадим и анэм. — Николай, си тхьэмадэр, цIыху угъурлыуэ щытащ, и IэщIагъэм къищынэмыщIа, ар дихьэхырт киноми, тхылъми… СфIэгъэщIэгъуэнт итIанэ мыри: а зэманым щыIа сурэтыщIхэр щIэх-щIэхыурэ зэхуэсырти, я лэжьыгъэхэр нэхъыфI зэрыхъунумкIэ зэчэнджэщхэрт, Москва къикI заказ куэдым елэжьхэрт, къыдэкIуэтей сурэтыщI ныбжьыщIэхэр яущийрт. Николай Къэбэрдейм къыщымыхъуами, щIыналъэм и щIыуэпсыр гурэ псэкIэ зыхищIэрт, цIыхухэр фIыуэ илъагъурт. БАГЪЭТЫР Луизэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28546.txt" }
ЛIыIэпэ Мэхьир зэхуихьэсыжа адыгэ дамыгъэхэр ЛIыIэпэ Мэхьир Мысырым щеджащ, 1865 гъэм Кавказым къигъэзэжри, адыгэ дамыгъэ 250-м щIигъу зэхуихьэсащ. Ахэр пасэрей тыркубзэкIэ 1893 гъэм Каир къыщыдигъэкIащ. ЛIыIэпэ Мэхьир XIX лIэщIыгъуэм хэIущIыIу ищIа адыгэ дамыгъэхэр Едыдж Батырай иджырей тыркубзэкIэ Германием (Эдинген къалэм) 2004 гъэм щытридзащ. Дамыгъэхэр 2008 гъэм Мейкъуапэ дунейм къыщытехьащ, ахэр зыгъэхьэзырари тхылъым пэублэ псалъэ щIызыгъуари Едыдж Батырайщ. Едыдж Батырай Тыркум къыщыхъуащ, Германием щеджащ, хэкум къигъэзэжауэ, Мейкъуапэ щопсэу, щIэныгъэхэм я докторщ. Нобэ тыдодзэ ЛIыIэпэ Мэхьир илъэси 148-рэ и пэкIэ зэхуихьэсыжа дамыгъэхэм ящыщхэр.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28554.txt" }
Иджырей мардэхэм тету 2014 гъэ пщIондэ Налшык и уэрам уэздыгъэхэр иджырей мардэхэм зэтраухуэну муниципальнэ программэр къащтащ. Абы ипкъ иткIэ, электрокъарур зэзыгъэзахуэ пкъыгъуэщIэхэм къалащхьэм и хьэблэ псори хуагъэкIуэнущ. Светодиоднэ лампIхэр зыфIадзэну гъущI пкъохэм нобэр къыздэсым къагъэсэбэпа алюмин гъущI кIапсэхэм я пIэкIэ иджырей щапхъэм тету ягъэхьэзыра кIапсэ шынагъуэншэхэр щаукъуэдиинущ. Мы зэманым Налшык и уэраму къагъэнэхуар километр 395,6-рэ мэхъу. Абы щыщу километр 390-р «хьэуа линие» мардэм тетщ. Зэраубзыхуам ипкъ иткIэ, иджыри сом мелуан 24,6-рэ и уасэ лэжьыгъэ кърахьэлIэн хуейуэ къапэщылъщ. Мы Iуэхум текIуэдэну мылъкур щIыпIэ администрацэм и пщэ дилъхьэжащ. Программэм илъэс кIуам лэжьэн щIидзащ икIи Налшык и проспект нэхъыщхьэм тет жэщ уэздыгъэхэр щIэкIэ зэрахъуэкIащ. 2013 гъэм къриубыдэу апхуэдэ лэжьыгъэхэр Къэбэрдей, Толстойм, Къуэныкъуейм (Налшык), Къэрэшей, Дружбэ (Хьэсэней), Будаевым (Нарт), Жабоевым (Белэ Речкэ) я цIэкIэ щыIэ уэрамхэм щызэфIагъэкIынущ. ЖАНОКЪУЭ Хьэутий.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28556.txt" }
Сыт щIызэхашэр цIыхубэ фронтыр? Мэкъуауэгъуэм и 12-м Мэзкуу къалэ щекIуэкIынущ Урысейпсо цIыхубэ фронт къызэгъэпэщыным теухуа зэхуэс. Абы емыжьэ щIыкIэ, Урысейпсо цIыхубэ фронтым и щIыналъэ къудамэм и зэзыгъэуIу комитетым и лэжьыгъэр зезыгъакIуэ Канунников Анатолэ, УФ-м и Президентым дзыхь зригъэзхэу Котляров Викторрэ Щэрдэн Нодаррэ, фронтым и щIыналъэ къудамэм и секретарь Абазэ Хьэсэнбий сымэ республикэм и журналистхэм пресс-конференц драгъэкIуэкIащ. — Урысей цIыхубэ фронт къызэгъэпэщынымкIэ жэрдэмыр зейр 2011 гъэм и накъыгъэ мазэм а Iуэхур япэу утыку къизыхьа, УФ-м и Президент Путин Владимирщ, — жиIащ зэIущIэр къызэIузыха Канунников Анатолэ. Къэунэху жылагъуэ зэгухьэныгъэщIэм и пщэ дилъхьэж къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ къэралым къыщаIэт жылагъуэ-политикэ Iуэхугъуэхэм цIыхубэм я гъащIэм щагъэзащIэ мыхьэнэм зэпымыууэ кIэлъыплъынымрэ езы фронтым и Iуэху бгъэдыхьэкIэхэр къэрал утыку щигъэлъэгъуэнымрэ. Урысейпсо цIыхубэ фронтым и зэхуэсым зэгухьэныгъэм и унафэщIыр, абы и къуэдзэхэр щыхахынущ, апхуэдэуи къэралым и дэнэ щIыналъи къикIа зауэм, лэжьыгъэм я ветеранхэм ящыщ цIыху 50-м нэблагъэр лэжьыгъэр зэщIэзыгъэуIуэ штабым хахынущ. — Псом ящхьэжу ЦIыхубэ фронтым игъэзэщIапхъэр жылагъуэр зэщIэзыгъэуIуэ къалэнхэращ, — и Iуэху еплъыкIэр къигъэлъагъуэу псалъэмакъым къыхыхьащ республикэм фIыуэ къыщацIыху, тхакIуэ, тхыдэдж цIэрыIуэ Котляров Виктор. — Езы жылагъуэми нэхъыбэу къыщыгъэсэбэпыпхъэр Iэмал пхъашэхэракъым, атIэ цIыхубэм къызэдащтэ, я гум дыхьэ къыхуеджэныгъэхэмрэ абыхэм къарикIуэ IуэхущIафэхэмрэщ. ЦIыхубэ фронтыр парт щхьэхуэу щымыт зэщIэхъееныгъэщ. Экспертхэм къызэралъытэмкIэ, ар «Урысей зэкъуэт» партым еныкъуэкъунукъым абы и пIи иувэнукъым, ауэ властым зэрыдэIэпыкъу лэжьыгъэм зэпымыууэ зэрыхигъэхъуэным тетынущ. — Сыт щIызэхашэр Урысейпсо цIыхубэ фронтыр? — апхуэдэ упщIэ къигъэуващ Канунниковым, журналистхэм щепсалъэм икIи жэуапыр езым иритыжащ. — А фIэщыгъэм къиIуатэу ди гугъэщ ар. И лъабжьэм щыщIэдзауэ жылагъуэр зэщIэзыгъэуIуэ зэгухьэныгъэ дызэримыIэрщ абы щхьэусыгъуэ хуэхъуар. ЦIыху 1500-м нэблагъэ зэкIуэлIэну зэхуэсым зэщIэхъееныгъэм и программэмрэ уставымрэ щытепсэлъыхьынущ. ИужькIэ Урысей цIыхубэ фронтым и унафэщIхэр хахынущ. ХЬЭТЫКЪУЭ Идар.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28558.txt" }
Тхыдэ дахэ зиIэ Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ библиотекэм щагъэлъэпIащ библиотекэхэм я урысейпсо махуэр. Республикэм и библиотекэм зегъэужьыным хэлъхьэныгъэфI зэрыхуащIам папщIэ, КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм и щIыхь тхылъыр хуагъэфэщащ IуэхущIапIэм и къудамэм и унафэщI Къармэ Иринэ, библиотекарь нэхъыжь КъуэщIысокъуэ Людмилэ, лъэпкъ, лъахэхутэ къудамэм и лэжьакIуэ нэхъыжь Адраевэ Джамилэ сымэ. КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Фырэ Руслан и хъуэхъум къыхигъэщащ зи илъэс 90-р нэгъабэ ягъэлъэпIа Лъэпкъ библиотекэм щэнхабзэ и лъэныкъуэкIэ мыхьэнэшхуэ зэриIэр. Абы и тхыдэ дахэм 1921 гъэм щIышылэм и 14-м къыщыщIедзэ. Аращ Налшык къалэм ЦIыхубэ библиотекэ нэхъыщхьэр къыщызэIуахар. Щылажьэр цIыхуиплI къудейт. Нобэ республикэм и Лъэпкъ библиотекэм тхылъ мин бжыгъэхэр щахъумэ, щэнхабзэ, егъэджэныгъэ IуэхущIапIэ инщ. Къудамэ 28-уэ гуэша IуэхущIапIэм цIыхуи 133-рэ щолажьэри, абыхэм ящыщу 12-м «КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр къыфIащащ. ГЕРАСИМОВЭ Риммэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28560.txt" }
Дызэрыгушхуэ щIалэхэр КъБР-м Спортымрэ туризмэмкIэ и министерствэм щагъэлъэпIащ а IэнатIэм хэлъхьэныгъэ хуэзыщIа цIыху пщыкIух. Къызэхуэсахэм псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ АфIэунэ Аслъэн: — Спортым къыщыхэжаныкIахэм фIыщIэ ин фхуэсщIыну, щIыхь тхылъхэр фэстыну си гуапэщ. КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен и фIыгъэкIэ республикэм спортым хъарзынэу зыщиужьащ. Пэжщ, нобэ гулъытэ хуэтщIыну къилэжь пэтми, дызыхунэмысахэри диIэщ. Ахъшэр зэрытхуримыкъум дыкъыщигъэувыIэ къохъу. Iуэху зэIумыбз зыхэмылъ лэжьыгъэ щыIэу къыщIэкIынукъым. Нэхъыщхьэр ар зэрефIэкIуэным телэжьэнырщ. УФ-м и Президентым и унафэкIэ, иджыпсту иужь дитщ тренерхэм я лэжьапщIэр зэрыхэдгъэхъуэну Iэмалым. Ар процент 15 — 20-кIэ нэхъыбэ щIыпхъэщ. Спортым и лъэныкъуэкIэ нобэ дызэрыгушхуэн ехъулIэныгъэ ди куэдщ. Ар нэхъыбэу зи фIыщIэр зи гуащIэ емыблэж спортсменхэрщ. Урысей Федерацэм СпортымкIэ и министерствэм и фIыщIэ тхылъ иратащ Iэпщэ Анзор, Ахъмэт Заурбэч, Иванов Дмитрий, Нэчо Сэфарбий, Тхьэзэплъ Аниуар, Умеренков Михаил, Шэшэн Арсен, ШкIахъуэ Жыраслъэн, Бунятов Ализаде Мурад-оглы сымэ. ЩIыхь тхылъ хуагъэфэщащ Проценкэ Людмилэ. «Физическэ щэнхабзэмрэ спортымрэ я отличник» цIэр къыфIащащ Атасауов Ахъмэт, Багъэтыр Тимур, Егъуэж Анзор, Шакманов Мухьэмэд сымэ. КъБР-м Спортымрэ туризмэмкIэ и министерствэм и щIыхь тхылъхэр иратащ Ащнокъуэ Мухьэмэдрэ Голомидовэ Надеждэрэ. Гугъуэт Заремэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28562.txt" }
Унагъуэшхуэхэм щIы Iыхьэхэр хупачынущ Социально-экономикэ зыужьыныгъэ и лъэныкъуэкIэ зрагъэхъулIэхэр, УФ-м и Президентым ищIа пщэрылъхэмрэ и Указ щхьэхуэхэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым зэрыщагъэзащIэр къэзыпщытэ комиссэм и зэIущIэм Лэскэн, Бахъсэн,Тэрч районхэм я администрацэхэм я Iэтащхьэхэр муниципальнэ щIыналъэхэм а лэжьыгъэр зэрыщекIуэкIым щытепсэлъыхьащ. Апхуэдэщ бынищ е нэхъыбэ зыпI унагъуэхэм псэупIэ щаухуэну щIы Iыхьэхэр пщIэншэу яхупычыныр, улахуэм хэгъэхъуэныр, сабий гъэсапIэхэмкIэ къызэгъэпэщыныр, ныкъуэдыкъуэхэм лэжьыгъэ етыныр, цIыхухэм IэнатIэ къахуэгъуэтыныр, нэгъуэщIхэри. Зи псэупIэхэр егъэфIэкIуэн хуейуэ щIы Iыхьэхэр пщIэншэу зэтыпхъэхэм я спискэхэр муниципальнэ властхэм яIэщ. Апхуэдэ унагъуэхэм папщIэ ягъэбелджыла щIыпIэхэм я кадастр паспортхэр район щхьэхуэхэм щагъэхьэзыращ. Бахъсэн районым мы гъэм щIы Iыхьэ 411-рэ щатынущ, Лэскэн куейм щыщу унагъуэ 63-м а хэкIыпIэр къагъэсэбэпынущ. Республикэм и Правительствэм и УнафэщI Хьэсанэ Руслан къигъэлъэгъуащ хупач щIы Iыхьэхэр къызэрагъэсэбэпым властыр кIэлъыплъын, ахэр зыгъэхьэулейхэм къызэрыIахыжыну щIыкIэр зэгурыIуэныгъэхэм къыщалъытэн зэрыхуейр. — ЩIы Iыхьэ пщIэншэу зратахэм я псэупIэхэр ирагъэфIэкIуэн щхьэкIэ апхуэдэ дэIэпыкъуныгъэ етIуанэу зэрамыгъуэтынур цIыхухэм ягурыгъэIуапхъэщ, — къыхигъэщащ премьерым. ЦIыхухэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэщынри хыхьэу, социальнэ Iуэхугъуэ щхьэхуэхэр зэфIэха хъун щхьэкIэ, муниципальнэ щIыналъэхэм я экономикэ къызэгъэпэщыкIэр егъэфIэкIуэным щIыпIэ властхэр нэхъ жыджэру хущIэкъун хуейщ. Апхуэдэщ къуажэдэсхэмрэ къалэдэсхэмрэ папщIэ проектыщIэхэр къэлъыхъуэныр, щIыпIэ бюджетхэм я хэхъуэхэм я налог къыхэкIыпIэхэм я лъабжьэм зегъэубгъуныр. Лэскэн район администрацэм и Iэтащхьэ Кебеков Валерэ зэрыжиIамкIэ, мэкъумэш хозяйствэм зэрызрагъэужьым къыдэкIуэу, ерыскъыпхъэм елэжь, промышленнэ IэнатIэ зыбжанэ зэман гъунэгъум къызэIуахыну я мурадщ. 2014 гъэм икухэм Хьэтуей къуажэм мывэхьэж завод щрагъэжьэну траухуащ. Асфальт-бетон завод, ГЭС цIыкIу, щIэрыкIуэмрэ соемрэ щелэжьыну IуэхущIапIэ, курорт-рекреацэ комплекс яухуэнущ. Муниципалитетым и унафэщIым къызэригъэлъэгъуамкIэ, 2017 гъэм ирихьэлIэу а Iуэхугъуэхэм щIыпIэ бюджетыр ирикъуу къызэрагъэпэщынущ. КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28565.txt" }
Ахъшэ гъэтIылъыгъэхэр нэхъыбэ мэхъу Республикэм Къэрал статистикэмкIэ и комитетым къызэритамкIэ, КъБР-м и цIыхухэм илъэсым и япэ мазиплIым къыIэрыхьа ахъшэ хэхъуэр нэгъабэ и апхуэдэ зэманым елъытауэ процент 13,6-кIэ нэхъыбэ хъуащ икIи сом мелард 42-рэ мелуан 651-м щIигъуащ. ИпэжыпIэкIэ къыщIэкIым тещIыхьауэ къапщтэмэ, дызэрыт илъэсым и щIышылэ-мэлыжьыхь мазэхэм къаIэрыхьа ахъшэ хэхъуэри проценти 4,3-кIэ нэхъыбэщ. ЦIыху къэс хуэгъэзауэ къапщтэмэ, мазэм къриубыдэу сом 12,414-м нэблагъэ къыIэрыхьащ. ЦIыхухэм я ахъшэ гъэтIылъыгъэхэми процент 16 хуэдизкIэ хэхъуащ икIи ар сом мелард 37-рэ мелуан 530-м щIигъуащ. КъаIэрыхьэ ахъшэр цIыхухэм нэхъыбэу зытрагъэкIуадэр псэуныгъэм пыщIа Iуэхухэрщ, хьэпшыпхэр къэщэхуным, Iуэхутхьэбзэ зэмылIэужьыгъуэхэм я уасэхэр тыным хуэдэхэрщ. Къэрэшей Элеонорэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28567.txt" }
Iуащхьэмахуэ теухуа фильм «Си планетэ» телеканалымрэ Урысейм и географие зэгухьэныгъэмрэ техын яух «Урысейм и лъагапIэхэр» циклым хиубыдэ зи чэзу документальнэ фильмыр. Ар зытеухуар Европэм и бгы нэхъ лъагэ дыдэ Iуащхьэмахуэщ. Телепрограммэхэр езыгъэкIуэкI Баклановэ Нинэ я пашэу фильмыр тезых цIыхуитхум я мурадыр зыхуэбгъэдэн щымыIэ ди щIыналъэм, абы щыпсэу цIыхухэм я хабзэм телевизореплъхэр щыгъуазэ щIынырщ. Фильмыр щытрах, ар щызэпагъэувэж зэманым ирихьэлIауэ йокIуэкI къэралым и щIыпIэ нэхъ хьэлэмэт дыдэу 10 къыхэхыным теухуауэ Урысей псом къыщызэрагъэпэща IэIэтыр. Абы и япэ Iыхьэр — интернетым Iэ щыIэтыныр — мэкъуауэгъуэм и 30-м нэсыху екIуэкIынущ. Нобэм ирихьэлIэу Iуащхьэмахуэ папщIэ Iэ зыIэтахэр цIыху мини 100-м щIегъу икIи абыхэм я бжыгъэм къыхэхъуэ зэпытщ. Фигу къэдгъэкIыжынщ «Урысей-10» проектым и сайтым Iэ щыфIэтын папщIэ http://10russia.ru\sights\8\741 напэкIуэцIыр къызэIухын зэрыхуейр. Пщыгъуэш Iэсият.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28569.txt" }
Мы махуэхэм Мэкъуауэгъуэм и 12, бэрэжьей Сабийхэр мыгъэлэжьэным и дунейпсо махуэщ Сыбырым и къалэ нэхъ ин дыдэхэм ящыщ Красноярск и лъабжьэр зэрагъэтIылърэ илъэс 385-рэ зэрырикъур ягъэлъапIэ. Ульяновск къалэр илъэс 365-рэ, Пермь — 290-рэ, Новосибирск — 120-рэ ирокъу. 1942 гъэм Зеикъуэ къуажэм (КъБАССР) къагъэIэпхъуат Ленинград хамэ къэралыбзэхэр щаджу дэт пединститутыр. 1945 гъэм Калинин Михаил Кремлым маршал Жуков Георгий щритащ Совет Союзым и ЛIыхъужьым и ещанэ Дыщэ вагъуэр. 1990 гъэм Урысей Федерацэм и Къэрал суверенитетым и Декларацэр къащтащ. 1990 гъэм «Печатымрэ цIыхубэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмрэ я IуэхукIэ» Законыр СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм къищтащ. Абы цензурэр игъэкIуэдыжащ. Мэкъуауэгъуэм и 12 — 21-хэм Венэ (Австрие) щекIуэкIынущ ООН-м Хьэршыр мамыр мурадхэм къыхуэгъэсэбэпынымкIэ и комитетым и 56-нэ сессиер. Мэкъуауэгъуэм и12 — 13-хэм Москва щызэхэтынущ ЦIыхубзхэм я III урысейпсо съезд. Драматург, АР-м и цIыхубэ артист, УФ-ми КъБР-ми щIыхь зиIэ я артист, Адыгэ Республикэм и Къэрал саугъэтым и лауреат Чапай Мурат и ныбжьыр илъэс 74-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 21 — 23-рэ, жэщым градус 16 — 18 щыхъунущ. Мэкъуауэгъуэм и 13, махуэку 1936 гъэм Къэбэрдей лъэпкъ драмэ театрыр къызэIуахащ. Медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, КъШКъУ-м и профессор Даур Борис и ныбжьыр илъэс 67-рэ ирокъу. Экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, АКъУ-м и профессор ХъуакIуэ Заурбэч и ныбжьыр илъэс 43-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 22 — 26-рэ, жэщым градус 17 — 21-рэ щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28572.txt" }
И щхьэ и унафэ ещIыж Мы гъэм мэкъуауэгъуэм и 12-м илъэс 23-рэ ирокъу Урысей Федерацэм и Къэрал суверенитетым и Декларацэр УФ-м и Совет Нэхъыщхьэм къызэрищтэрэ. Аращ илъэситI (1992 гъэм) дэкIа иужь унафэ щхьэхуэкIэ Урысейм и махуэу ягъэувар. Иджы а махуэр нэхъ хэIэтыкIауэ УФ-м щагъэлъапIэхэм ящыщ зыщ. АрщхьэкIэ иджыри куэд щIоупщIэ: сыт ар апхуэдизу махуэшхуэу къыщIалъытэр? Урысейр нэхъапэм зыгуэрым IэщIэлъу щыта? Абыхэм я жэуапым лъэныкъуитIкIэ убгъэдыхьэ хъунущ. Пэжщ, РСФСР-м и жэрдэмкIэщ 1922 гъэм Совет Социалист Республикэхэм я Союзыр къызэрызэрагъэпэщар, икIи абы увыпIэ нэхъыщхьэ щиIыгъыу щытащ, шэч хэмылъу. АрщхьэкIэ езым нэгъуэщI щIыналъэхэм яхуищIэр нэхъыбэт абыхэм къабгъэдэкIыу къыIэрыхьэм нэхърэ. ИкIи ар зыщIыпIи къыщыхэщыртэкъым. ИщхьэкIэ зи гугъу тщIа Декларацэм игъэуващ суверинитетыр УФ-м и къэрал ухуэкIэу щытын хуейуэ. «Суверенитет» псалъэм куэд къызэщIеубыдэ, ауэ абыхэм ящыщу нэхъыщхьэу къалъытэр къэралым езым и щхьэ унафэ хуищIыжынырщ, и Iуэхухэр зэригъэкIуэнырщ. Шэч хэлъкъым мыхьэнэшхуэ зиIэ а Декларацэм щыубзыхуа Iуэхухэм Урысейм и иджырей зыужьыныгъэр зэраунэтIам. Абыхэм къызэIуахащ 1993 гъэм дыгъэгъазэм и 12-м дунейм щынэхъыфIхэм ящыщ Конституцэ къащтэным и гъуэгури. Ауэ ди жагъуэ зэрыхъунщи, абыкIэ щIагъэбыда хабзэ куэд Урысейм и кIэм нэсу щагъэзэщIэфыркъым. АрщхьэкIэ блэкIа лъэхъэнэм зэфIэгъэкIа хъуар мащIэкъым. Iуэху зехьэкIэ мыхъумыщIэхэм лъэрымыхь дыдэ ящIу лъэлъэжа СССР-м и хуитыныгъэхэр къызыхуигъанэри, Урысейр лъэ быдэкIэ зыужьыныгъэм и гъуэгум теувэжащ. Иджы ар яхэтщ дунейм щынэхъ лъэрызехьэ дыдэ къэралхэм. Абы и ехъулIэныгъэхэр нэхъри нэхъ инынут коррупцэм — а щхъухьзехьэ блэ фIыцIэм — ди къэралым бэнэныгъэ лъэщ щращIылIамэ. АрщхьэкIэ ар зэхэзыублэн хуейхэм зэкIэ а бэнэныгъэр псалъэ гъущэхэмкIэ зэфIагъэкI. Ди къэралым и зыужьыныгъэмкIэ зэранщ Урысей Федерацэм лъэпкъ политикэ гъэхуа зэрыщымыIэр. Демократиемрэ лъэпкъ политикэмрэ щызэхагъэзэрыхь куэдрэ къохъу. Ди деж ткIийуэ къыщыжьэдакъуэркъым тхыдэр зэзыхьэкIыну хущIэкъухэр, пцIыIуэпцIышхэр, хэбгъэзыхьмэ, лъэпкъхэм я зэхущытыкIэхэр зэIызыгъэхьэхэр. А псоми я ныбжь, зэрыгурыIуэгъуэщи, тредзэ ди къэралым и жылагъуэ гъащIэм. Нэхъыжьхэм зэращIэжщи, СССР-м и зэманым псом япэу ирагъэщу щытар лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэрщ, зэхуэдэныгъэрщ. Иджы ар ягу къыщагъэкIыжыр зэзэмызэ дыдэщ. Мис апхуэдэ щытыкIэ щыщыIэ зэманым ягъэлъапIэ Урысейм и махуэр. ЦIыхухэм абы ирахьэлIэ я гугъапIэ нэхъыфIхэр. ИщхьэкIэ зи гугъу тщIа щыщIэныгъэхэр ди гъащIэм хэлъми, нэхъыбэм я фIэщ мэхъу ахэр ди гъащIэм пIалъэкIэ къефыкI узыфэ къудейхэу зэрыщытыр икIи абыхэм къэралыр зытеува гъуэгум зэрытрамыгъэкIыфынур. Абы дызыхуишэн хуейр захуагъэм, пэжыгъэм, зыузэщIыныгъэм, лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэм епхащ. Шал Мухьэмэд.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28575.txt" }
Урысейм и махуэм ирихьэлIэу КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэм Зэрызахуигъазэр Ди лъахэгъу лъапIэхэ! Нобэ ди къэралым и лъэпкъхэм ягъэлъэпIэ къэрал гуфIэгъуэ нэхъыщхьэр — Урысейм и махуэр. Иджырей гуфIэгъуэм урысейхэр IуощIэ къэкIуэну махуэм фIэщхъуныгъэ ин хуаIэу, езыхэм я Хэкум нэхъри иригушхуэу. Иужь илъэсхэм экономикэм фIыуэ зиужьащ, финанс зэпIэзэрытыгъэр нэхъ быдэ хъуащ. А псоми Iэмал зэпэщхэр къызэIуах псэуныгъэ IэнатIэм халъхьэ къэрал инвестицэхэм хагъэхъуэну, цIыхухэм я псэукIэр ирагъэфIэкIуэну. Абы белджылыуэ щыхьэт тохъуэ Урысей Федерацэм и Президент Путин В. В. цIыхубэм и псэукIэр къэIэтыным хуэунэтIауэ къыхилъхьа жэрдэмхэу мыхьэнэшхуэ дыдэ зиIэхэр. Нэрылъагъущ Урысейм дунейпсо утыкум щиIэ пщIэм зэрызиIэтыр. Урысей Федерацэр лъэщмэ, къулеймэ, Къэбэрдей-Балъкъэрыр зэпэщу щытынущ. Дэ диIэщ республикэм, абы и экономикэм зегъэужьыным, цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным теухуауэ Iуэху убзыхуахэр. Си фIэщ мэхъу дызыхущIэкъу мурадхэр къызэрыдэхъулIэнур. Абы и лъабжьэу щытщ ди цIыхухэм къадэгъуэгурыкIуэ Iущагъымрэ ахэр зэрыгуащIафIэмрэ, псэкIэ зэрыкъулейр, узэщIыныгъэм хуэгъэпса я гупсысэхэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыху псоми сохъуэхъу дызыхуэкIуэ гуфIэгъуэмкIэ — Урысейм и махуэмкIэ. Мамырыгъэрэ фIыгъуэрэ фиIэну, гуапагъэр фи Iэпэгъуу щытыну си гуапэщ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28578.txt" }
Сыт дызыхущIэкъур? Урысей Федерацэм футболымкIэ и япэ дивизионым 2012 — 2013 гъэхэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэр иухащ. И чэзууэ къыдолъытэ абы кърикIуахэм гупсэхуу дыхэплъэжыну. Жэз медалхэр — ехъулIэныгъэщ Илъэсихрэ ныкъуэкIэ къэралым и командэ нэхъыфIхэм ядэджэгуа «Спартак-Налшыкыр» япэ дивизионым тыншу хэзэгъэжыфауэ пхужыIэнукъым. Ар наIуэу дигъэлъэгъуащ 2012 — 2013 гъэхэм екIуэкIа зэхьэзэхуэм и япэ Iыхьэм. Фигу къэдгъэкIыжынщи, премьер-лигэм иужькIэ налшыкдэсхэр япэ дивизионым хуэщхьэпэлъагэу хыхьащ. И футболист нэхъыфIхэр зыхъумэфа ди командэм къыщыхъуауэ къыщIэкIынущ гугъу зримыгъэхьыщэми абы текIуэныгъэхэр къыщихьыфыну. Пэж дыдэуи япэ джэгугъуэм апхуэдэ гугъэфIхэр дигъэщIат. Япэ дивизионым хэтынухэр яхуримыгъэкъуу пIащIэгъуэкIэ зыхагъэхьа Башкирием и «Уфа»-р бэлэрыгъауэ къаIэрыхьащ икIи, зрагъэуа пенальтитIым языхэзыр къагъэсэбэпри, гугъу зрамыгъэхьыщэу хагъэщIащ. АрщхьэкIэ, абы иужькIэ псынщIэ дыдэу щIылъэм кърагъэувэхыжащ. Ар зыхузэфIэкIари етIуанэ дивизионым къыхэкIа къудей Нижнекамск и «Нефтехимик»-ращ. Тэтэрстаным къикIахэм хэт сыт ищIысми ди щIалэхэм кърагъэлъэгъуащ икIи иджыблагъэ премьер-лигэм хэта «Спартак-Налшыкыр» и стадионым 3:1-уэ щыхагъэщIащ. АдэкIэ зыкIи пэмыплъауэ «Енисей»-м, «СКА-Энергия»-м, «Петротрест»-м, «Балтика»-м къыхагъэщIащ. А псом иужькIэ премьер-лигэм гъэзэжыным теухуауэ кърахьэжьа псалъэмакъым кIэ епт хъунут. ЩIымахуэ зыгъэпсэхугъуэм и пэ къихуэу «Енисей»-р аргуэру зэ Налшык къащефIэкIащ икIи гугъэ щIагъуэ щымыIэжу гъэ техьащ. Зэхьэзэхуэр зэрызэпагъэуа лъэхъэнэр командэм и тренер нэхъыщхьэ Шыпш Тимуррэ абы и лэжьэгъухэмрэ пщIэншэу ягъэкIуэдакъым. Ахэр гупыр зыгъэлъэщыфынухэм ерыщу лъыхъуащ икIи я гугъуехьыр пщIэншэ хъуакъым. Гъатхэпэм щегъэжьауэ накъыгъэ мазэ пщIондэ налшыкдэсхэм джэгугъуибгъу ирагъэкIуэкIати, зыми къыхигъэщIэфакъым икIи турнир таблицэм и ещанэ увыпIэм къыщыхутащ. ИкIэм-икIэжым ди щIалэхэм япэ дивизионым щекIуэкIа зэхьэзэхуэм жэз медалхэр къыщахьащ икIи премьер-лигэм адэкIи щIэбэныну Iэмал ягъуэтащ. ЩIымахуэм зэрытехьа щIыкIэмрэ иужькIэ къызэрыщIидзыжамрэ зэпэплъытмэ, ар ехъулIэныгъэ хъарзынэт. ПэщIэуэ зэIущIэхэр щымыIыххамэ нэхъыфIт Япэ дивизионым ещанэ увыпIэр къызэрыщахьам и фIыгъэкIэ, налшыкдэсхэм премьер-лигэр къахукъуэплъыжат. Абы щхьэкIэ зэIущIитIым ипкъ иткIэ, гуп нэхъыщхьэм и епщыкIуплIанэ «Крылья Советов» командэр хагъэщIэн хуейт. IэщIагъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, зи футболист нэхъыфIхэр зыхъума, абы къыдэкIуэуи зызыгъэлъэща «Спартак-Налшыкым» ар хузэфIэкIынут. Езы щIалэхэри абы хуэпабгъэрт. Самарэ щекIуэкIа япэ зэIущIэм налшыкдэсхэр я хьэрхуэрэгъухэм къазэрыпикIуэта щыIэкъым. ИкIи пенальтикIэ къыхудагъэкIа топитIращ къыхэзыгъэ- щIар. Ущыгугъ хъунут етIуанэ зэIущIэм «Крылья Советов»-м хуэфэщэн жэуап Налшык щыхуагъэхьэзырауэ. Зыкъом щIауэ къэмыхъуауэ «Спартак» стадионым цIыхур изу къызэрекIуэлIами гугъэфIхэр уагъэщIырт икIи утрагъэгушхуэрт. АрщхьэкIэ премьер-лигэм и командэ нэхъ хуэмыхухэмрэ япэ дивизионым щыпашэхэмрэ я зэхуакум щыхупIэ ин дэту къыщIэкIащ. ЗэIущIитIым япкъ иткIэ, 2:7-уэ налшыкдэсхэр къызэрыхагъэщIам узытепсэлъыхьыжыни къыпхуигъанэркъым. Премьер-лигэм ягъэзэжыпами… Зы дакъикъэкIэ къызыщыдгъэхъунщ ди щIалэхэм премьер-лигэм ягъэзэжыпауэ. АдэкIэ-щэ? Зэхьэзэхуэм щIидзэным къэнэжыр зы мазэт. А зэман кIэщIым къриубыдэу хэт къэралым и гуп нэхъыщхьэм хэзэгъэфын командэ къызэзыгъэпэщыфынур? Апхуэдэ щыIэкъым. Абы зэман нэхъ кIыхь хуейщ. Футболист Iэзэхэр къешэлIэным, ахэр щыIэхэм яхэгъэзэгъэным текIуадэр зы мазэкъым икIи мазитIкъым. ПIащIэрыщIэу зыри зэрыпхузэфIэмыкIынур ди гъунэгъу осетинхэм я деж щынэрылъагъущ. Абы и «Алания»-р премьер-лигэм ягъэкIуэжын папщIэ я лъэпкъэгъу тренер цIэрыIуэ Газзаев Валерэ кърашэлIэжщ, мылъкуу зыхуейм хуэдиз (сом мелардрэ мелуан 200-рэ!) хуаутIыпщри, дунейм и дэнэ щIыпIи я нэм къыщыфIэна футболистхэр кърагъэщэхуащ. Ахэр яIахэм хагъэхьэжри, зэхьэзэхуэм хыхьащ. Сыт абы къикIар? Зыри! Владикавказ и «Алания»-м иужь дыдэ увыпIэр премьер-лигэм щиубыдри, япэ дивизионым игъэзэжащ. Дэ абы елъытауэ мылъкукIи (зэрыхуагъэфащэмкIэ, сом мелуан 350 — 380-рэ) тренер Iэзэ къешэлIэжынымкIи ди зэфIэкIхэр хэпщIыкIыу нэхъ мащIэщ. Урысей Федерацэм футбол зэхьэзэхуэхэр бжьыхьэм щIидзэрэ гъатхэм иухыу зэрызэхагъэувам и щыщIэныгъэ куухэм ящыщщ гуп нэхъыщхьэм хыхьэ командэхэм абы зэрыхэтынум зыхуагъэхьэзырыну зэман кIэщI дыдэ (мазэ!) фIэкIа зэрамыIэр. Нэхъапэм, «Спартак-Налшыкыр» абы щыхыхьа 2005 гъэм, зэпеуэр бжьыхьэм зэфIэкIати, мазищым щIигъукIэ премьер-лигэм «хуэгъэтIылъащ». Иджы апхуэдэу хъужкъым. Аращ нэгъабэ гуп нэхъыщхьэм хыхьа Саранск и «Мордовия»-мрэ Владикавказ и «Алания»-мрэ зэкIэлъхьэужьу абы псынщIэ дыдэу къыщIыхэкIыжар. Адрейхэми аращ къащыщIынур. НтIэ, зы илъэс фIэкIа узыхэмытыну премьер-лигэм апхуэдизу ущIыхущIэкъунур сыт? ЕтIуанэ дивизионым къыхэкIахэм Налшык гугъу дыщрагъэхь «Спартак-Налшыкым» 2012 — 2013 гъэхэм екIуэкIа зэхьэзэхуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм очко 35-рэ щызэIэригъэхьащ. Я стадионхэм нэхъыбэ щахузэфIэкIар я деж зэи къыщыхамыгъэщIа «Урал»-мрэ «Томь»-рэщ. Абы щыгъуэми, ди щIалэхэм Налшык къыщефIэкIахэр зыхуамы-гъэфэща защIэщ. Ахэр псори нэгъабэ етIуанэ дивизионым хэтащ: Нижнекамск и «Нефтехимик»-р, Санкт-Петербург и «Петротрест»-р, Красноярск и «Енисей»-р къатекIуащ, Белгород и «Салют»-мрэ Волгоград и «Ротор»-мрэ очко тIурытI фIагъэкIуэдащ. Нэрылъагъущ, нэхъ лъэрымыхьу къалъыта командэхэм налшыкдэсхэм хуэфэщэну зэрызыхуамыгъэхьэзырар икIи абыхэм ди стадионым щыIэщIаха очко 13-ращ занщIу премьер- лигэм кIуэн папщIэ «Спартак-Налшыкым» иужькIэ хуримыкъужар. Абы щыгъуэми зэхьэзэхуэм пашэны-гъэр щызыубыда «Томь»-р, «Урал»-р, «СКА-Энергия»-р, «Балтика»-р, адрейхэри къанэ щымыIэу ди стадионым щыхагъэщIащ. Курыт зэфIэкIщ ди щIалэхэм нэгъуэщI щIыпIэхэм къыщагъэлъэгъуар. Абыхэм очко 30 щафIэкIуэдащ. УзыщыгуфIыкIышхуэн хэлъкъым ди гъуащхьауэхэм я Iуэхуми. Ику иту зэIущIэ къэс абыхэм зы топ щыдагъэкIауэ аращ. Пэжщ, нэгъабэ елъытауэ мы гъэм нэхъ къызэрыкIащ, «Сибирь»-м бэджэнду къыIраха Медведев Алексей къахыхьа иужькIэ. Ди гъуащхьэхъумэхэр япэ дивизионым щынэхъыфIхэм ящыщащ. Ауэ абыхэми щыуагъэшхуэхэр щаIэщIэкIа мызэ-мытIэу къэхъуащ. Зэгупсысыпхъэ «Спартак» стадионыр щIэнэщIыр Хьэлэмэтщ, ауэ премьер-лигэм дызэрыхэта илъэсхэм топджэгум дихьэххэр стадионым щигъэужащ. Япэ щIыкIэ ахэр уэру зэрыхьащ зэи я нэкIэ ямылъэгъуа къэралым и командэ нэхъ лъэщхэм, дунейм и футболист цIэрыIуэхэм я джэгукIэм кIэлъыплъыну. Хуэм-хуэмурэ щIэщыгъуэр икIащ. Мыпхуэдэу изу ди стадионыр куэдрэ къэхъуркъым. Ди щIалэщIэхэм республикэм и командэ нэхъыщхьэм зыкъыщагъэлъэгъуэну Iэмал зэрамыIами топджэгум еплъ зыкъом тфIигъэкIуэдащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIэр къэзыгъэхъу лъэпкъитIым языхэзым «Спартак-Налшыкым» и фащэ зэрыщимытIэгъэжрэ илъэс зыбжанэ дэкIащ. Аращ балъкъэрхэм ящыщ куэдми стадионыр IэщIыб щIащIар. Уи гъунэгъу, ныбжьэгъу, лъэпкъэгъу хэмытмэ узыдэщIынур хэт? Аращ Налшык и «Спартак» стадионым цIыху мин зытIущ фIэкIа къыщIемыкIуэлIэжыр. ПщIэншэу щрагъэхьэм и дежи а бжыгъэм куэд дыдэкIэ зихъуэжыркъым. Топджэгур фIыуэ зылъагъухэр къыдахьэхын папщIэ, зыри лэжьа хъуркъым. Псори езыр-езыру зэфIэкIыну къащохъу. Зыщагъэгъупщэр интернетымрэ телевиденэмрэ абыхэм хьэрхуэрэгъу лъэщ къазэрыхуэхъуар икIи цIыхухэр къепшэлIэн папщIэ щIэщыгъуагъ гуэр къэбгупсысын, нэгузегъэужь зэрыщыIэн хуейр. Абы щыгъуэми етIуанэ двизионым щыджэгуу мин тIощIым нэблагъэ Налшык и «Спартак»-м щызэхуишэса къэхъурт икIи премьер-лигэм кIуэн ипэкIэ а мин зытхухыр сыт щыгъуи и джэгу-кIэм кIэлъыплъырт. Зэман гуэр дэкIын хуейуэ къыщIэкIынщ япэ дивизионым нэхъыщхьэ плъапIэу зэрыдимыIэр, мелуан зыбжанэ щыпсэу къалэшхуэхэмрэ къэралым и хъугъуэфIыгъуэхэм хэтхъыкIхэмрэ хьэрхуэрэгъу нэс дазэрыхуэмыхъунур къыдгурыIуэн папщIэ. Абы иужькIэщ ди цIыхухэр стадионым къыщекIуэлIэжынур Гукъеуэ Хамэ защIэкIэ жыжьэ унэсынукъым Къэбэрдей-Балъкъэрым топджэгум щыдихьэххэм я гукъеуэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ ди щIыпIэм къыщалъхуа икIи щагъэса щIалэхэр «Спартак-Налшыкым» зэрыхамыгъэхьэр. Мэшыкъуэ Аслъэн (№51) иджы зи щIыхьыр ихъумэр нэгъуэщIхэрщ. Премьер-лигэм щыкIуам адыгэ, балъкъэр щIалэ цIыкIу минхэм футбол секцэхэм зыхрагъэтхащ, республикэм и командэ нэхъыфIым хэту къэралым и командэ нэхъ лъэщхэм япэщIэтыну я хъуэпсапIэу. АрщхьэкIэ топджэгушхуэм езым и хабзэ ткIий иIэжщ. Абы сыт щыгъуи увыпIэ лъагэхэм щыщIэбэнын хуейщ икIи ар зрагъэхъулIэн папщIэ тренерхэм тегъэщIапIэ ящIыр зи цIэр Iуа, зи зэфIэкIыр нэрылъагъу футболист лъэрызехьэхэрщ. Сыт хуэдиз мылъкури щIатри, ахэр кърашалIэ. Зыри пэплъэнукъым зэгуэр къэджэгункIэ хъунум, псори хьэзырым хуейщ. Апхуэдэущ зэращIар «Спартак-Налшыкым» иужьрей илъэсхэм я тренер нэхъыщхьэу щытахэу Красножан Юри, Ещтрэч Владимири, Ташу Сергеи. Абы тетщ Шыпш Тимури. ИкIи ахэр пхуэгъэкъуэншэнукъым — я гъэсэнхэр нобэ къызэрехуэхыу ахэр езыхэр пщэдей лэжьапIэншэ хъунущ. Гъэкъуэншэн хуейр къалэн лъагэхэр дауэ хъуми ягъэзэщIэну абыхэм яхуэзыгъэувырщ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым футболым и лъабжьэр щыпаупщI. Армырауэ зыми хужыIэнукъым, республикэм зы командэ закъуэ къэралпсо утыку ихьэу иIэрэ, абыи ди щIыпIэм къыщалъхуахэм хыхьэну Iэмал ямыIэмэ. Сыт и мыхьэнэр мин бжыгъэкIэ ди сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ топджэгум зыщIыхуагъасэм, иужькIэ утыку ирамыгъэхьэнумэ? Ди щIалэ дапщэ абы и зэранкIэ нэгъуэщI щIыпIэхэм къыщыщIидза? Нэхущ Руслан («Краснодар»), Джатэгъэжь Инал («Ростов»), Аппаев Хъызыр («Ротор»), Бажэ Амир («Факел»), Мэшыкъуэ Аслъэн («Волгарь»), Джатэрывэ Къазбэч (Къэзахъстаным)… Ахэр куэд мэхъу. «Спартак-Налшыкым» зыкъыщызыгъэлъэгъуэну Iэмал зыгъуэтыр цIыху зытIущщ, ари нэхъыбэу зэIущIэхэм я кIэухым кърагъэхьэу. Апхуэдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым футболым зыщиужьынукъым икIи щIэблэ узыншэ къытщIэхъуэнукъым. ХэкIыпIэр зыщ — ди щIалэхэм я зэфIэкIыр здынэсым хуэфащэ зэпеуэхэм хэтын хуейуэ аращ. Щрет ар сыт щыгъуи япэ дивизиону. Абы зыри къемызэгъ хэлъкъым. Куэд щIащ футболыр бизнес зэрыхъурэ икIи ди республикэр пэлъэщыфынукъым «Газпром»-м, «Лукойл»-м, «ВТБ»-м, нэгъуэщI мелардырыбжэхэм зи мылъку бжыгъэншэхэр хэзылъхьэу зэштегъэупIэ ящIа «Зенит», ЦСКА, «Спартак», «Анжи» командэхэм икIи абы зэи дыхуейуи къыщIэкIынкъым. Псалъэм къыдэкIуэу къыхэзгъэщыну сыхуейт мы илъэсым и пэщIэдзэм КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен «Спартак-Налшыкым» и унафэщIхэм щахуэзам къазэрыжриIар абы ди деж къыщалъхуа щIалэщIэхэр нэхъыбэу зэрыхэтын хуейр икIи хамэ щIыпIэ кърашахэм афIэкIэ мылъку зэратримыгъэкIуэдэнур. Iуэху бгъэдыхьэкIэ тэмэмт, арщхьэкIэ псори зэрыщыту къэнэжащ. Щхьэусыгъуэ ящI зэхьэзэхуэ инхэм хэзэгъэн димыIэу. Апхуэдэу щытмэ, топджэгум щыхуагъасэ сабий-ныбжьыщIэ спорт школхэр я къалэнхэм пэмылъэщу аращи, зэбгрыгъэкIыжын хуейщ. Ауэ аракъым Iуэхур зэрыщытыр, ар куэдкIэ нэхъ куущ икIи унафэ ткIий зытещIыхьыпхъэщ. ЩIэ Гупхэр зэрызэхъуэжар 2013 — 2014 гъэхэм япэ дивизионым командэ 20 щыджэгунущ. Зэхьэзэхуэ блэкIам 17 фIэкIа зэрыхэмытар къызыхэкIар мылъку ямыIэу языныкъуэхэр зэрыхэкIыжарщ. Премьер-лигэм къикIыжри къагъэзэжащ Саранск и «Мордовия»-мрэ Владикавказ «Алания»-мрэ. Абыхэм я пIэкIэ гуп нэхъыщхьэм щыджэгунущ Свердлов областым и «Урал»-мрэ Томск и «Томь»-мрэ. ЕтIуанэ дивизионым зыхэта гупхэм щытекIуэри, къыдэкIуэтеящ Владивосток и «Луч-Энергия»-р, Дзержинск и «Химик»-р, Тулэ и «Арсенал»-р, Назрэн и «Ангушт»-р, Оренбург и «Газовик»-р. Абыхэм я пIэр яубыдащ Мэзкуу областым и «Химки»-мрэ Астрахань и «Волгарь»-мрэ. Зэхьэзэхуэм мы гъэм бадзэуэгъуэм (июлым) и 7-м щIидзэнурэ етIанэгъэ накъыгъэм (майм) и 17-м иухынущ. «Спартак-Налшыкыр» Медведев Алексей (№13) игъэлъэщащ. Буйтрагэ Даниел (№10) йобгъэрыкIуэ. Гуэщокъуэ Арсенрэ (№9) Коронов Игоррэ топ зэрыдагъэкIам щогуфIыкI. Гъуащхьауэхэр КъыхэжаныкIахэр 2012 — 2013 гъэхэм екIуэкIа зэхьэзэхуэм «Спартак-Налшыкым» и хьэрхуэрэгъухэм топ 32-рэ щахудигъэкIащ. КъыхэжаныкIахэр фигу къэдгъэкIыжынщ: Коронов Игорь — 6 Медведев Алексей — 6 Аверьянов Алексей — 4 Щоджэн Марат — 4 Сирадзе Давид — 3 Балэ Рустам — 1 Болэ Руслан — 1 Буйтрагэ Даниел — 1 Джудович Миодраг — 1 Дорожкин Денис — 1 Гуэщокъуэ Арсен — 1 Руа Флорес — 1 Рухаиа Гуджэ — 1 (пенальтикIэ). «Металлург-Кузбасс»-м и гъуащхьэтет Саутиным езым и гъуэм дигъэкIы-жащ. КъищынэмыщIауэ, премьер-лигэм кIуэн папщIэ «Крылья Советов»-м драгъэкIуэкIа етIуанэ зэIущIэм Сирадзе Давид топитI щыдигъэкIащ. Зэгъэпщэныгъэ Шурэ лъэсрэ я зэхуакут 2012 — 2013 гъэхэм екIуэкIа зэхьэзэхуэр IыхьитIу бгуэш хъунущ. Абы щыщу нэгъабэ 20-р екIуэкIащ, адрей 12-р мы гъэм зэхэтащ. КъарикIуахэм я гугъу пщIымэ, абыхэм шурэ лъэсрэ я зэхуакущ. «Спартак-Налшыкым» нэгъабэ япэ дивизионым щригъэкIуэкIа джэгугъуэ 20-м къыщихьыфыну щыта очко 60-м ящыщу зыIэригъэхьэфар 31-рэщ. Ар курыт зэфIэкIт, аращ ебланэ увыпIэм щыту гъэ щIытехьари. Гъатхэпэм щегъэжьауэ иригъэкIуэкIа зэIущIэхэр хуэдитIым нэблагъэкIэ нэхъ мащIэми, и ехъулIэныгъэхэр хэпщIыкIыу нэхъыбащ: очко 36-м щыщу 22-рэ къихьащ. Мыгъэрей зэIущIэхэр щхьэхуэу къапщтэмэ, къахьа очко бжыгъэмкIэ налшыкдэсхэм япэ ищыфар зэхьэзэхуэм пашэныгъэр къыщызыхьа, Свердлов областым и «Урал»-м и закъуэщ. ФIыуэ къыткIэрыхужащ ди хьэрхуэрэгъу нэхъыщхьэу щытахэу «СКА-Энергия»-р, «Нефтехимик»-р, «Балтика»-р, «Сибирь»-р, «Уфа»-р, «Ротор»-р. Абы щыгъуэми нэрылъагъуу зрачащ «Шинник»-мрэ «Салют»-мрэ икIи аращ ахэр япэ дивизионым къыщIыхэнар.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28582.txt" }
КIэрашэ Зейнэб илъэс 90 ирокъу Адыгэ бзэщIэныгъэм теухуа дунейпсо зэIущIэ иджыблагъэ Мейкъуапэ щекIуэкIащ. Ар ирагъэхьэлIат филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, ЩIДАА-м и академик КIэрашэ Зейнаб къызэралъхурэ илъэс 90-м щрикъум. Конференцым хэтащ Кавказ Ищхъэрэм, хамэ къэрал зыбжанэм къикIа еджагъэшхуэхэр, щIэныгъэрылажьэ ныбжьыщIэхэр. Зэхыхьэм хуагъэхьэзыра докладхэм я бжыгъэр 200-м ноблагъэ. Ахэр урысыбзэкIи, адыгэбзэкIи, инджылызыбзэкIи Iуащ. Нобэ ди газетым тыдодзэ дунейпсо щIэныгъэ зэхуэсым утыку къыщрахьа лэжьыгъэхэм ящыщ зыбжанэ. Бзэр псалъэ зырызурэ зэхэтщ УнэлIокъуэ Вячеслав Иужьрей лIэщIыгъуэрэ ныкъуэм къриубыдэу хамэбзэхэм къыхэкIа псалъэу адыгэбзэм къыхыхьам хуэдиз ар мы дунейм зэрытетрэ къыхэхъуагъэнкъым. Дауи, абы езым и щхьэусыгъуэхэр иIэжщ: дунейм технологие и лъэныкъуэкIэ хуабжьу зеужьри, бзэр абы лъэщIыхьэркъым икIи хамэбзэхэм гъащIэм щаIэ тепщэныгъэр нэхъ лъэрызехьэщ адыгэбзэм иIыгъ увыпIэм нэхъри, абыхэм я лэжьыгъэм къыхалъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэм пэмылъэщу, ахэр зэрыщыту къищтэн хуей мэхъу. А щхьэусыгъуэ дыдэхэм къыхэкIыу зи гугъу тщIы пIалъэм къриубыдэу псалъэ куэд жьы хъуащ, хамэбзэм къыхэкIа псалъэхэм я зэранкIэ къимыгъэсэбэпыжу хэкIуэдэжахэри мащIэкъым. Зы псалъалъэми имыхуа хъур, хьэтIулэ, гуажьэ адыгэ псалъэхэм я мыхьэнэр хэт нобэ зыщIэжыр? «Хамэхьэр къохьэри, унэхьэр иреху» жыхуаIэ дыдэр абыхэм къащыщIащ. А Iуэхугъуэм ди бзэм дежкIэ фIы лъэпкъ хэлъкъым, сыту жыпIэмэ, езым къигъэщIыжахэр иIэу, хамэ псалъэхэр къыщищтэкIэ, ар мылэжьэжу, нэгъуэщIу жыпIэмэ, псалъэщIэхэр езым и къарукIэ къыхуэмыгъэхъужу лъэрымыхь хъуауэ аращ. Езым къигъэщIыжа псалъэхэр щIыфIэкIуэдыжми ардыдэр и щхьэусыгъуэщ — а псалъэхэр зызыхъуэж дунейм къытехьэ хьэпшыпыщIэхэм, IуэхугъуэщIэхэм къемызэгъыжу хыфIедзэри, хамэбзэхэм къагъуэта псалъэщIэхэр къещтэ, езым ей къимылъыхъуэу. Тыншщ, ауэ шынагъуэщ… А щытыкIэр зэрыпэжым и щыхьэту къэтхьынщ «автомашинэ» псалъэр. А хьэпшыпыр къызэрыунэхурэ, а псалъэр бзэ куэдым къащтащ. «МафIэгу» псалъэр къэзыгъэщIыфа адыгэбзэми абы зыщидзеякъым, литературэбзэм хыхьащ зимыхъуэжу, художественнэ бзэмрэ жьэрыIуатэбзэмрэ тIэкIу абы къыщыщхьэщыкI щыIэми: «маршинэ», «мэршынэ». АрщхьэкIэ Тыркум щыпсэу адыгэхэм зэи жаIэнукъым «машинэ диIэщ» жаIэу, «гу диIэщ…» — аращ къапсэлъынур. А къэралым щыпсэу адыгэхэм я дежкIэ бзэр хъумэныр нэхъ гугъущи, япэм зэрызекIуэу щыта шыгум тращIыкIыжа мыхьэнэмкIэ автомашинэм и цIэр зэрахъуэкIащ. Нэхъ тэмэму жыпIэмэ, шыгум игъэзащIэу щыта къалэнхэр автомашинэм къыщищтэм, пасэрей хьэпшыпым и фIэщыгъэцIэр — гур — абы иритыжри, бзэм и лэжьыгъэр (хамэбзэм зыщыхъумэныр) зэфIигъэкIащ. Ауэ апхуэдэ хабзэ къызэрыгуэкIкIэ бзэр бгъэлэжьэныр литературэбзэм къыщемызэгъыр нэхъыбэщ. Аращ бзэр зыгъэлажьэ Iэмэпсымэхэр дэтхэнэ лъэпкъми куэду иIэн щIыхуейр. Абы нобэ дытемылажьэмэ, пщэдей кIасэ хъунущ, адыгэбзэм къыхыхьэ свежабзэ, мащIэватэ, спасибэшхуэ, фошкэ, разницэкъым // разницэшхуэкъым псалъэ «мылъхуэсхэм» ди бзэр зэщIедгъащтэмэ, «уэшх блэкIам щIакIуэ кIэлъызыщтэжа» щIалэжьым дыкъыкIэрыхунукъым. Шэч хэмылъу, ди лъэпкъым и дежкIэ бзэр хъумэным и Iэмэпсымэ лъэщщ «Адыгэ псалъэ» газетыр. Иужьрей илъэс тIощIым къриубыдэу абы зы псалъэкъым къигъуэтыжу бзэм къыхигъэхьэжар. Апхуэдэхэщ «щэнхабзэ» (культурэ), «гъуаз-джэ» (искусство), «щIыуэпс» (природа) псалъэхэр. Газетым къигъэхъуащ псалъэщIэхэри. Абы и щапхъэу къэпхь хъунущ «псыгуэн» (бассейн), «щIыIалъэ» (холодильник) жыхуиIэхэр, нэгъуэщI куэди. Псалъэхэр къызэригъэщIэрэщIэжыр, псалъэщIэхэр къызэригъэхъур газетым и дежкIэ Iуэху тыншу щыткъым, сыту жыпIэмэ, адыгэхэм унагъуэм хамэбзэр хуиту къыщагъэсэбэпу есащи, апхуэдэ псалъэхэр къагурымыIуэж мэхъу, гугъу зрагъэхьынуи хуейкъым. Ар тыншу хыболъагъуэ республикэм и телевиденэмрэ радиомрэ адыгэбзэкIэ зэрылажьэ щIыкIэм. Ахэр литературэбзэмрэ унагъуэбзэмрэ я зэхуаку дэтщи, я лэжьакIуэхэр егугъужыркъым я нэтынхэм къыщагъэпсалъэм хамэбзэкIэ куда и адыгэбзэр гъэкъэбзэным. Уеблэмэ, и нэхъыбэм а «лIыхъужьхэм» я бзэм хамэбзэр пхухэмыгъэкъэбзыкIыжын хуэдэу мэпсалъэри, аращ журналистхэр Iуэхум Iэпэдэгъэлэлу бгъэдыхьэу езыгъэсари. АтIэ, адыгэбзэм хамэбзэр хэтхъуауэ псалъэу еса лъэпкъым и дежкIэ хьэлъэт мазэцIэхэр адыгэ фIэщыгъэхэмкIэ хъуэжынри, итIани, мыарэзыуэ сыт хуэдиз цIыху щыIами, «Адыгэ псалъэ» газетым хузэфIэкIащ илъэсым и мазэ 12-м я адыгэцIэхэр лъэпкъым къригъэщтэжын. Нобэ абыкIэ мыарэзыуэ куэд урихьэлIэжыркъым, цIыхухэм я нэхъыбэр а фIэщыгъэхэм щыгъуазэ хъуащ. Апхуэдэу псалъэхэр къигъэщIэрэщIэжурэ «Адыгэ псалъэ» газетым къызэригъэсэбэп щIыкIэр IупщIу къызыхэщ зы тхыгъэм щыщ пычыгъуэ щапхъэу къэтхьынщ. Ар 2012 гъэм мэкъуауэгъуэм и 28-м къыдэкIа газетым тет «НыбжьыщIэхэр ягъасэ» тхыгъэм щыщщ: «КъыдэкIуэтей щIэблэр хэкупсэу гъэсэнымкIэ мы зэманым къалэн нэхъыбэ зи пщэ къыдэхуэр ДОСААФ-м и лэжьакIуэхэрщ. Псом хуэмыдэу псэемыблэжу мы Iуэхум щыбгъэдэт щIыпIэхэм ящыщщ Iуащхьэмахуэ куейр. ДОСААФ-м и район къудамэм и Iэтащхьэ Хаджиев Руслан къызэрыджиIамкIэ, къалэн нэхъыщхьэу къилъытэр къыдэкIуэтей щIэблэр дзэ къулыкъум жэуаплыныгъэ ябгъэдэлъу бгъэдэтынымрэ хэкупсэу ущытыным и мыхьэнэр зыхащIэу къэгъэтэджынымрэщ. Абы ехьэлIауэ куейм щызэхэт курыт школхэм щеджэхэм дерс щхьэпэ къызыхахын зэпсэлъэныгъэхэр, зэхьэзэхуэхэр, конференцхэр къыщызэрагъэпэщ… я узыншагъэр щрагъэфIакIуэ, спорт щэнхабзэмкIэ дерсхэр щат утыку иухуэнущ». Дауи, тхыгъэр дэ гъэкIэщIауэщ къызэрытхьар. А пычыгъуэм къызэщIедгъэубыдащ зи гугъу тщIы псалъэхэм хуэдэу тхыгъэм хэлъ псори. Япэу узрихьэлIэр «хэкупсэ» псалъэращ. ЛIэщIыгъуэ кIуам и 40-50 гъэхэм щыщIэдзауэ, адыгэбзэм абы и пIэкIэ зыубгъуауэ къигъэсэбэпу щытащ урысыбзэм къыхэкIа «патриот» псалъэр. Уеблэмэ, Апажэ Мухьэмэдрэ КIуэкIуэ Жэмалдинрэ иджы дыдэ къыдагъэкIа псалъалъэм къыщыгъэлъэгъуар «патриот», «патриотизм», «патриотыгъэ», «патриотын» псалъэхэрщ. АтIэ, дэнэ къикIа «хэкупсэр»? Ар адыгэ псалъитI зэхыхьэу («хэку» + «псэ») къызэрагъэхъуам шэч хэлъыжкъым, «хэкур зи псэ», «хэкум хуэлIыщIэу псэу» мыхьэнэр зэрихьэу. А хабзэ дыдэм тету «Адыгэ псалъэм» къищтауэ егъэлажьэ «хэкулI» псалъэри («хэку» + «лIы»). Ахэр езы газетым къигъэщIу бзэм къыхигъэхьа, хьэмэрэ хэкIуэдэжхэм ящыщу къигъэщIэрэщIэжауэ ара? А упщIэхэм я жэуапыр къэтлъыхъуэу нэхъ пасэуи, нэхъ иужьыIуэкIи къыдэкIауэ щыта адыгэ-урыс псалъалъэхэм деплъмэ, а псалъэхэр, идгъуэтэнукъым. Псалъэм папщIэ, «Урыс-къэбэрдей-шэрджэс псалъалъэм» (щапхъэу ищхьэкIэ къыщытхьа пычыгъуэм къыщыхэдгъэщхьэхукIа псалъэхэр урысыбзэм къыхэкIахэмкIэ къыщагъэлъагъуэ: хэкупсэ — патриот, патриотизм, патриотическэ, патриоткэ; дерс — урок; щэнхабзэ — культурэ. А псалъэхэр къагъэщIэрэщIэжами, щIэрыпсу къагъуэту, къагупсысу газетыбзэм къыхагъэхьами, ахэр лъэпкъым къищтащ, бзэм иджы зыубгъуауэ щолажьэ. Уеблэмэ, хамэбзэм къыхэкIа псалъэри хыфIидзэркъым — зэхуэдэу егъэлажьэ тIури. Абы и щапхъэщ ищхьэкIэ къыщытхьа пычыгъуэм «куей», «район» псалъэхэр зэрыхэтыр, тIуми зэрахьэ мыхьэнэкIэ зэхуэдэу. Тхыгъэр зейм а тIури къегъэсэбэп, «куей» псалъэм куэдыщэрэ къытригъэзэжын хуей зэрыхъум къыхэкIыу. Ар и лъабжьэу, къыдолъытэ я мыхьэнэкIэ зэхуэдэу, ауэ я макъ зэхэтыкIэкIэ зэмыщхьу бзэм псалъэ нэхъыбэ иIэху нэхъыфIу. 1955 гъэм къыдэкIауэ ищхьэкIэ зи гугъу щытщIа псалъалъэм къэтхьа тхыгъэ пычыгъуэм къыщыхэдгъэщхьэхукIа псалъэ псори урысыбзэм къызэрыхэкIауэ къищтат. Псалъалъэм къищтари, бзэм щыщ пкъыгъуэ хьэзыр хъуари зэхуэдэщ. А щытыкIэм къезыгъэгъэзэжар, а псалъэхэр адыгэбзэм и мардэм къизышэжар «Адыгэ псалъэ» газетращ. Ар гулъытэншэу, дэIэпыкъуэгъуншэу къэбгъэнэнкIэ Iэмал зимыIэ Iуэхугъуэщ. 2011 гъэм «Адыгэ псалъэм» мазэ зыбжанэкIэ къигъэсэбэпащ «гъэзалъэ» псалъэр, «руль» мыхьэнэр къикIыу. «Автомашинэм и рулыр зыIыгъар» жамыIэу, «автомашинэм и гъэзалъэм бгъэдэсар» ятхырт газетым и лэжьакIуэхэм. АрщхьэкIэ, а псалъэр къащтакъым, «руль» псалъэм и мыхьэнэр «гъэзалъэм» къимыкIыщэу къалъытэжри, ар «Адыгэ псалъэм» и бзэм хагъэкIыжащ, зэкIэ урысыбзэм къыхэкIа «рулыр» къащтэжащ. Ар и щыхьэтщ езы бзэм и мыхьэнэкIэ къемызэгъ псалъэщIэхэр къызэрыхуэмыщтэм. ИтIани, «гъазалъэ» псалъэр «руль» мыхьэнэ иIэу къэбгъэсэбэп хъунрэ мыхъунрэ щIэныгъэ и лъэныкъуэкIэ къыщыбгъэдыхьэу хэт еплъа? Журналистхэр щIэныгъэлIкъым, ахэр бзэм шэщIауэ махуэ къэс ирилажьэу аращи, щIэныгъэ и лъэныкъуэкIэ апхуэдэ щытыкIэ гугъухэм къыщеплъынуи яхущIыхьэнукъым. Апхуэдэу «Адыгэ псалъэ» газетым къыщагупсысауэ бзэм игъэлажьэр мымащIэми, ахэр щIэныгъэ и лъэныкъуэкIэ дэIэпыкъуэгъу зэрыхуэныкъуэм шэч хэлъкъым. Къагупсысу бзэм къыхагъэхьами е «къагъэпсэужами» щIэх-щIэхыурэ газетым къытохуэ мыпхуэдэ псалъэхэр: «щIэнгъуазэ» (энциклопедия), «псэкупсэ» (духовность), «хабзэубзыху» (законодательный орган), «узэщIакIуэ» (просветитель), «псантхуэ» (нерв), «къудамэ» (отделение, отдел, сектор), «хьэрш» («космос»), «псалъэзэблэдз» (кроссворд), н. ИтIани, хамэбзэхэм къыхих хъуну псалъэхэр зэхэгъэкIауэ убзыхуныр, бзэр апхуэдэу шэщIауэ гъэлэжьэныр зы газет къару закъуэкIэ зэфIэкIыну Iуэхукъым. Адыгэ лъэпкъым и мащIэкъым терминхэр къыхэзыхыфын бзэщIэныгъэлIхэр, арщхьэкIэ, гъэщIэгъуэнращи, ахэр зэхуэшэсыныр, утыку Iуэху куэдрэ ящIами, зэрыкIуатэ щыIэкъым. «Адыгэ псалъэм» и лэжьакIуэхэм а къалэнхэр ягъэзэщIэн хуей мэхъу — махуэ къэс зэрылажьэ бзэм и зэкIэлъымыкIуагъэ псоми Iууэ зэпытщи, зы хэкIыпIэ гуэр къэгъуэтыным езы гъащIэм ахэр ирехулIэ. А Iуэхур ипэкIэ хъарзынэу кIуэтэнут щIэныгъэлIхэри журналистхэри зыхыхьэ бзэщIэныгъэ-къэхутакIуэ гуп щхьэхуэ къызэгъэпэщарэ, пIалъэ пыухыкIам къриубыдэу зэ зэхуэсурэ бзэм щылажьэ терминхэмрэ абы къыхыхьэ псалъэщIэхэмрэ я Iуэху зыIутым хэплъэу щытамэ. «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэхэм бзэм къыхагъэхьа, «къагъэпсэужа» псалъэу къэтхьахэм я бжыгъэм иджыри тынш дыдэу пхухэгъэхъуэнущ, ауэ нэхъыщхьэр аракъым. Дэ мы тхыгъэм зи гугъу щытщIар цIыхухэр нэхъыбэу зыщыгъуазэ хъуа псалъэхэрщ. Сыт хуэдэу къэкIуэну зэманым а псалъэхэр бзэм къыхуэгъэсэбэпыну? Газетыбзэм хэувэным нэхъ мыхьэнэшхуэ ямыIэжу ахэр къэнэну, купщIафIэу къалъытэу, нобэрей адыгэбзэм щылэжьэну? Дауи, ар зэлъытар журналистхэм я закъуэкъым — абыкIэ жэуап ехь дэтхэнэ адыгэми… УНЭЛIОКЪУЭ Вячеслав, филологие щIэныгъэхэм я кандидат, КъБКъУ-м и доцент. Антонимхэмрэ псалъэжьхэмрэ Зэгъэщтокъуэ Алёнэ Адыгэбзэм и лексикэм увыпIэ ин дыдэ щаубыд икIи мыхьэнэшхуэ щаIэщ лъэпкъ акъылым, гупсысэм, зэхэщIыкIым, набдзэгубдзаплъагъэм къапкърыкIа псалъэжьхэм, сыту жыпIэмэ псалъэжьыр дунейм къытехьащ цIыхум и бзэм щIыгъуу, ныбжькIэ зы IуэрыIуатэ лIэужьыгъуи пэхъунукъым абы. Адыгэбзэм и ныбжьыр здынэсыр нобэкIэ зыми тхуэгъэбелджылыжыркъым, апхуэдэ ныбжь иIэщ псалъэжьми — ар къыщыунэхуар зыми къыхуэлъытэнукъым. Аращ бзэм и тхыдэмрэ псалъэжьхэмрэ зэкIэщIэпч мыхъуу щIыщытри. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, къэзыгъэщIа, зыбгъэдэлъ лъэпкъым и нэпкъыжьэ зытелъ адыгэ псалъэжьхэм я лексикэм теухуа тхылъ дэнэ къэна, статья къудей ятхауэ щыIэкъым. Мы лэжьыгъэр адыгэ псалъэжьхэм я лексикэм, псом хуэмыдэу, абы къыщыгъэсэбэпа синонимхэмрэ антонимхэмрэ зэпкърызых икIи тепсэлъыхь япэ тхыгъэщ. Псалъэжьхэмрэ псалъэ шэрыуэхэмрэ антоним щызэхуэхъу псалъэу хэтхэр, дауи, нэхъыбэщ синонимхэмрэ омонимхэмрэ нэхърэ. Къэбэрдей — шэрджэсыбзэм и антонимхэм я щыIэкIэ — зэпыщIэкIэр, ахэр зэрызэхэтыр, зэрызэщхьэщидзыр, хэлъ къыщхьэщыкIыныгъэхэр зыкъомкIэ убзыхуа, зэхэгъэкIа хъуа Iуэхущ. Антонимхэр джынымкIэ япэ гъунэ изылъар, ар куууэ зэпкърызыхар Пщыбий Иналщ (Пщыбий И. Адыгэбзэм и антонимхэм я псалъалъэ кIэщI. Налшык, 1989). Антонимхэр зи мыхьэнэкIэ зэпэщIэуэ псалъэхэщ. Ахэр гупышхуитIу бгуэш мэхъу. Япэ гупым хеубыдэ я псалъэ лъабжьэкIэ зэщхьу зыри зыхэмытхэр, я структурэкIи зэмыкIуалIэхэр: щысын — тэджын, гъын — дыхьэшхын, дын — тIэпIын. ЕтIуанэ гупым хохьэ зи структурэр зы псалъэ къэхъукIэ зэщхьым тету гъэпсар, зы псалъэ лъабжьэ зэщхь зыхэтхэр: бгъурышэн — бгъурышын, бгъурыжэн — бгъурыжын, бгъэдэхуэн — бгъэдэхун, бгъэдэ-дзэн — бгъэдэдзын. Псалъэжьхэмрэ псалъэ шэрыуэхэмрэ къыщыгъэсэбэпа антонимхэр дамыгъэ наIуэ зиIэ, щытыкIэ белджылы зыбгъэдэлъ, бзэм и къулеягъэр къэзыгъэлъагъуэ, абы и зы Iэмалу, хэкIыпIэу щытщ. ИкIи, хабзэ зэрыхъуауэ, ахэр къызэрыгъэлъэгъуар зэмыфэгъу, зэхуэмыдэ методщ, щIыкIэщ. АдрыщI — мыдрыщI АдрыщIым ущIэдэумэ, мыдрыщIыр къыплъысынщ. АдрыщIым щIэнэцIурэ мыдрыщIым хэнащ. АкъылыфIэ — акъылыншэ АкъылыфIэм и Iуэхур махуэщи, акъылыншэм и махуэр мазэщ. АкъылыфIэр акъылыншэми йочэнджэщ. Бэ — мащIэ Мэкъу мащIи къыумыхь, мэкъу бэхьи умыхъу. Бей — тхьэмыщкIэ Бей зыщыкуэдым тхьэмыщкIи щыкуэдщ. Бейм тхъэурэ ехь, тхьэмыщкIэр гъыурэ макIуэ. Бейм я гугъу ящIурэ, тхьэмыщкIэм я уэздыгъэр мэс. Благъэ — жыжьэ Благъэ жыжьэ нэхърэ — къуэш гъунэгъу. Жыжьэ благъэ нэхърэ гъунэгъу бийр благъэ пщIыжмэ, нэхъыфIщ. МафIэ нэхур благъэщ жыпIэу умыкIуэ, хьэ банэ макъыр жыжьэщ жыпIэу къыумы-гъанэ. Гъуэгу благъэ нэхърэ гъуэгу жыжьэ. Благъэжь — благъэщIэ Уи благъэжь къыбдищIэ щэхукIэ уи благъэщIэ дзыхь хуумыщI. БлэкIа — къэкIуэну. БлэкIам кIэлъымыджэу, зэман къакIуэм екIурщ лIыр. Вагъуэпэ — вагъуэкIэ Вагъуэпэ уэгъурэ вагъуэкIэ уэлбанэрэ. Гуапэ — гуауэ Мастэр гуапэщи, мастэр гуауэщ. Гуауэ зымылъэгъуам гуапэ зыхищIэркъым. Губзыгъэ — делэ Губзыгъэр делэми йочэнджэщ. Губзыгъэм и гуIэгъуэр делэм и гуфIэгъуэщ. Делэм уэ фIэкI, губзыгъэр езыр къыпфIэкIынщ. ГупкIэ — гуплIэ ТхьэкIумэкIыхьыфэм гур гуплIи ищIыр-къым, гупкIи ищIыркъым. Кхъузанэм гупкIэ — гуплIэ ищIэрэ. ГуфIэ — гуIэ УзэрымыгуфIам щхьэкIи сыгуIащ, узэрымыгуIам папщIи сыгуфIащ. ГуфIэгъуэ — гуIэгъуэ ГуфIэгъуэри гуIэгъуэри зэпыщIащ. Джэдум щигуфIэгъуэм дзыгъуэм и гуIэгъуэщ. ГуфIэгъуэрэ гуIэгъуэрэ зимыIэ щыIэкъым. ГъавэщIэ — гъавэжь ГъавэщIэ къыпIэщIэмыхьэу гъавэжьым уемылъэстауэ. Гъэмахуэ — щIымахуэ Гъэмахуэм умыгъэтIылъар щIымахуэм къэпщтэжыркъым. Гъэмахуэм къыумылэжьа щIымахуэм бгъуэтыжыркъым. Гъэмахуэ тхьэмахуэр щIымахуэ гъуэмылэщ. Гъэмахуэм и зы махуэм щIымахуэм уегъашхэ. Гъэмахуэм Iэжьэ щIы, щIымахуэм гу щIы. Гъэмахуэм умыугъуей щIымахуэм бгъуэтыжыркъым. ГъэтIылъын — къэщтэжын ЗыщыбгъэтIылъ къыщыбощтэж. Гъэмахуэм умыгъэтIылъар щIымахуэм къэпщтэжыркъым. ГъэфI — гъей ГъэфIым умыгъуэта гъейм бгъуэтыжыркъым. Къэтхьа щапхъэхэм къызэрагъэлъагъуэщи, псалъэжьхэмрэ псалъэ шэрыуэхэмрэ антонимхэр мымащIэу хэтщ. Ахэр апхуэдизкIэ куэд мэхъури, магистр диссертацэ псо щхьэхуэу тептхыхь хъунущ. Пэжщ, антоним зэхуэхъу псалъэхэр псалъэжьхэмрэ псалъэ шэрыуэхэмрэ хэту къыщыкIуэхэм деж зыр адрейм ткIийуэ хухэхауэ щымытынкIи мэхъу, атIэ а зы лексикэ дыдэр нэгъуэщIым щыхуэкIуи щыIэщ. Къэбгъэлъагъуэмэ, псынщIэ — хьэлъэ, псынщIэ — гува, зэв — бгъуэ, зэв — быхъу, захуэ — къуаншэ, захуэ — нэшэкъашэ, захуэ — Iушэ. Антонимхэр къэбэрдей-шэрджэсыбзэм бейуэ къызыщыкIуэр, нэхъ зыщыплъагъур IуэрыIуатэ жанрхэрщ. Абыхэми ящыщу, ахэр нэхъыбэу зыхэтыр псалъэжьхэрщ. Антоним зыхэт псалъэжьхэм къэкIуэкIэ щхьэхуэ яIэщ. Языныкъуэхэм антоним тIуащIэ уащыхуозэ: насып гъум — кIэщI нэхърэ насып псыгъуэ — кIыхь; ды-гъужьым ишхари имышхари тохуэ; зиIэм жылэр и хьэщIэщ, зимыIэм и анэр хуэгъэхьэщIэжыркъым. Зыкъомри псалъэухаитIу щытщ. Мыбы щыгъуэ япэ ит псалъэухам щхьэусыгъуэ къокI, къегъэлъагъуэ, етIуанэм абы кърикIуар: нэхъыжьыфI здэщымыIэм нэхъыщIэфIи щыIэкъым; Iей пщIауэ, фIы ущымыгугъ. ЗЭГЪЭЩТОКЪУЭ Алёнэ, КъБКъУ-м адыгэбзэмкIэ и кафедрэм и магистрант. ЗэхъуэкIыныгъэхэм дыхуейуэ пIэрэ? Мырзэкъан ФатIимэ Лъэпкъым и анэдэлъхубзэр дамыгъэ хэхахэмкIэ къэгъэлъэгъуауэ, ар къыдекIуэкIыу, зиужьу, къыщIэхъуэ щIэблэм Iурылъу къэтэджыныр — уасэ зимыIэ фIыгъуэшхуэщ. Адрей тхыбзэхэм еплъытмэ, адыгэ тхыбзэм къикIуа гъуэгуанэр кIыхькъым, арщхьэкIэ абы зыкIи игъэ-лъахъшэркъым абы и лъапIагъыр, игъэмащIэкъым и IэфIагъыр. Ди тхыбзэр зэрызэфIэувэрэ куэд мыщIами, адыгэхэр щIэныгъэм зэрыхыхьар, ди IуэрыIуатэм и тхыгъэ нэхъыфIхэр зэратхыжар, литературэр зэрыувар, ди лъэпкъ радиомрэ телевиденэмрэ зэрызэфIэувар Борыкъуей ТIутIэ урыс графикэм тету зэхигъэува алфавитымкIэщ. Апхуэдэу щыт пэтми, егъэджакIуэ, тхакIуэ, усакIуэ, журналист зыкъомым, адыгэбзэм хуемыджа, иримылажьэ цIыху зыбжани яхэту, илъэс куэд щIауэ, урыс графикэм тет иджырей алфавитым и Iуэхур ягъэтIылъыркъым. Абы ехьэлIауэ псалъэмакъ щыIэхэр ди зэманми нэхъ мащIэ хъуакъым, бгъэдыхьэкIэу къагъэувхэми ещхьу: языныкъуэхэм алфавитыр зытет графикэр зэхъуэкIын хуейуэ къыхалъхьэмэ, нэгъуэщIхэм абы уеIусэнкIэ Iэмал имыIэу икIи нэхъыфI пхуэмыщIыну къалъытэ, куэдми я тэмакъым бдзэжьей къупщхьэу тена хьэрф зэгуэтхэр зэхъуэкIауэ адрей хьэрфхэр зэрыщыту къэгъэнэжын хуейуэ яукъуэдий, зыгуэрхэми адыгэ псоми я зэхуэдэ алыфбей щIыным нэхъ трагъэчыныхь. Иджырей алфавитыр зытет графикэр хъуэжын хуейуэ жызыIэхэм зыщагъэ-гъупщапхъэтэкъым ди тхыбзэр зэфIэувэным, ефIэкIуэным куэдым я гуащIэрэ щIэныгъэрэ зэрыхалъхьар. Урыс Хьэтэлий къызэригъэлъэгъуэжымкIэ, абы зи гуащIэ хэзылъхьахэм ящыщщ Нэгумэ Шорэ, Хъанджэрий СулътIан, Бырсей Умар, Услар Петр, ХьэтIохъущокъуэ Къазий, Фэнзий Мэжид, ЦIагъуэ Нурий, ЩэрэлIокъуэ Талъостэн, Хъуран Батий, нэгъуэщIхэри икIи, зэрыжаIэу, ар зытемыта графикэр укIуэдыж. Къэбгъэлъагъуэмэ, Нэгумэ Шорэ алфавит щызэхилъхьэм щыгъуэ, япэ щIыкIэ (1840 гъэм) къигъэсэбэпар урыс хьэрфхэрщ, ауэ муслъымэн диным и лэжьакIуэхэм я ныкъуэкъугъэкIэ адыгэ макъхэм хьэрып-перс хьэрфхэр 1843 гъэм яхуигъэувыжын хуей хъуащ. А щIыкIэм тету, абы азбукитI зэхилъхьа хъуащ: зыр урыс графикэм, адрейр хьэрып-перс графикэм тету. Бырсей Умари хьэрып хьэрфхэр къигъэсэбэпурэ алфавит зэхилъхьауэ щытащ. Хьэрф 46-рэ къыщыгъэлъэгъуауэ, абы зэхигъэува «Шэрджэс букварыр» 1855 гъэм гъатхэпэм и 14-м Тифлис щытрадзащ. Услар Петри 1862 гъэм зэхигъэувауэ щытащ адыгэбзэм и азбукэ, урыс графикэм тету. Урыс графикэращ Лопатинскэм и азбукэри зытетар. ДиIащ латин графикэм тета алфавити. Ар 1923 гъэм Хъуран Батий зэхилъхьауэ щытащ. ЗэрыжаIэжымкIэ, латин графикэр и лъабжьэу, Хъураным зэхигъэува алфавитыр нэхъапэкIэ зэхалъхьахэм нэхърэ нэхъыфIт, цIыхухэри есауэ, Iэрыхуэ хуэхъуауи щытащ икIи абы хэт хьэрфхэм нэхъ щызу къагъэлъагъуэрт адыгэбзэм и макъхэр. Ауэ ари къезэгъыщэртэкъым адыгэбзэ макъхэм, хьэрфхэм тегъэтIысхьэ, щIэгъэтIысхьэ куэди зэриIэм гугъуехь мымащIэхэр къашэрт. А ныкъусаныгъэхэм къыхэкIыу 1936 гъэм адыгэ алыфбейр (1937 гъэм — адыгейр), тхыгъэщIэ зыгъуэтагъащIэ нэгъуэщI лъэпкъ цIыкIу куэдми я хьэрфылъэм хуэдэу, урыс графикэм трагъэхьащ. Псори зыхуэжыIэщIу щыта партымрэ правительствэмрэ а зэманым ирагъэкIуэкIа политикэм зыдагъэшу, адыгэбзэмрэ адыгеибзэмрэ я алфавитыр нэхъ зэгъунэгъу зэрыхъуным пымылъыххэу, урыс графикэм тет хьэрфылъэр, хъунщIэпсынщIэету, залымыгъэ хэлъу, къащтауэ зэрыжаIэм пэжыгъэ гуэр хэмылъуи щыткъым. Ауэ урыс графикэм адыгэхэр залымыгъэкIэ трагъэхьауэ щытми, ар ди бзэм нэхъ къызэрезэгъыр щIэ-дбзыщIыни щыIэкъым. Къэбгъэлъагъуэмэ, ди алфавитым и лъабжьэу урыс графикэр зэрыувам тыншыгъуэ куэд къыдитащ, псалъэм папщIэ: 1) диакритическэ дамыгъэ гуэрхэр хьэрфым тегъэтIысхьауэ е кIэщIэгъэсауэ абы зэрыхэмытыр; 2) хьэрф псори (I-м нэмыщI а зы графикэм къызэрыхэхар); 3) адыгэ алфавитыр зыщIэр урысыбзэкIи къеджэфу зэрыщытыр. Абы къыхэкIыу иджырей адыгэ алфавитым къеджэгъуейуэ, зэгъэщIэгъуейуэ, уритхэну мыхъумыщIэу жыпIэныр къедгъэкIуркъым. 30 гъэхэм ди алыфбейр урыс графикэм тезыгъэувахэми ар дунейм къытехьэну хуит зыщIахэми уахуэшхыдэн дэнэ къэна, фIыщIэ ин яхуэщIын хуейуэ къыдолъытэ. Пэжщ, хьэрф зэгуэтхэр куэд мэхъу, абы тхыгъэр нэхъ ин ещI, ауэ ахэр щыщIэныгъэшхуэу къэтлъытэркъым. Дэ къызэрытщыхъумкIэ, ди алфавитхэм ныкъусаныгъэ нэхъыщхьэу яIэр адыгэбзэмрэ адыгеибзэмрэ я хьэрфылъэхэм зэщхьэщыкIыныгъэ зыбжанэ зэраIэрщ. Абыхэм ящыщщ мыпхуэдэ дамыгъэхэр: жь жъ ж жь ш щ щ шъ щI шI ИщхьэкIэ къыщыдгъэлъэгъуа дамыгъэхэр (хьэрфхэр) адыгэбзэмрэ адыгеибзэмрэ я алфавитхэр щызэхагъэувэм, лъэпкъитIым я къэкIуэнум егупсысауэ щытамэ, зэщхь яхуэщIыну щытащ. Абы щыхьэт тохъуэ зи гугъу тщIы жь — жъ, ж — жь, ш — щ, щ — шъ, щI- шI дамыгъэхэр (хьэрфхэр) зэлъапсэгъуу щыт адыгэбзэмрэ адыгеибзэмрэ зэщхьу къызэрапсэлъыр, зэтемыхуэ здэщыIэр тхыкIэращ. Къэтхьынти зи гугъу тщIа хьэрфхэр зыхэт псалъэхэр адыгэбзэмрэ адыгеибзэмрэ къызэрыщагъэсэбэпым и щапхъэ зытIущ (япэ итыр адыгэбзэщ, етIуанэр — адыгеибзэщ): жьажьэ — жъажъ, жьыщхьэ — жъышъхьэ, жьэн — жъэн, тIысыжын — тIысыжьын, шабзэ — щабзэ, шатэ — щатэ, щабэ — шъабэ, щхьэ — шъхьэ, щIын — шIын, щIэныгъэ — шIэныгъ, нэгъуэщIхэри. Зи гугъу тщIа дамыгъэхэр (хьэрфхэр) адыгэбзэмрэ адыгеибзэмрэ зэтемыхуэу зэратхыр къигъэлъэгъуа нэужь, адыгей бзэщIэныгъэлI цIэрыIуэ Гъыш Нухь мыпхуэдэу етх: «Зэтехуэу къэтхьа мы дамыгъэхэр (жъ — жь, шъ — щ, шI — щI, жь — ж, щ — ш) зым тебгъахуэ хъунут, н. ж. бзитIым я дежкIэ зы лIэужьыгъуэр къыхэпхыфынут. А бзэхэм я макъ зэщхьхэр къыщапсэлъкIэ абы щIэныгъэ зыбгъэдэлъ цIыхухэр (тхэхэмрэ еджэхэмрэ) имыгъэщхьэрыуэу къигъэнэнут». Езы адыгейхэми апхуэдэу щатхкIэ, нобэ адыгэ бзэщIэныгъэм елэжьхэм ди къалэн нэхъыщхьэр зыхуэунэтIауэ щытын хуейр, дэ дызэреплъымкIэ, ди алфавитыр зэхъуэкIын Iуэхуракъым, атIэ адыгэбзэмрэ адыгеибзэмрэ я хьэрфылъэхэр нэхъ зэгъунэгъу зэрытщIынырщ. Къумахуэ Мухьэдин а Iуэхугъуэр нэхъ пасэу къыхилъхьауэ щытащ икIи абы и проект ягъэхьэзырауэ щыIэщ. Абы кърикIуащ 1999 гъэм и щэкIуэгъуэ мазэм, Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым щыщ бзэщIэныгъэлIхэр хэту, Налшык дэт щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым щекIуэкIауэ щыта зэIущIэр. Зи гугъу тщIа бзэщIэныгъэлIхэр ди алфавитхэр нэхъ зэ-гъунэгъу зэрытщIыну зыкъомымкIэ зэгурыIуауэ щытащ. А зэIущIэм и ужькIэ, 2001 гъэм и дыгъэгъазэм, КъБР-м и Парламентым унафэ къищтащ адыгэ алфавитымрэ тхыбзэм я хабзэхэмрэ зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным и IуэхукIэ. А Законым Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Президентым 2002 гъэм щIышылэм и 24-м Iэ щIидзащ. КъБР-м и Парламентым ди Правительствэм къалэн щищIауэ щытащ Законыр пIалъэ хэхам тету зэрагъэзэщIэнум и план зэхилъхьэну. Апхуэдэу щытми, ар гъэзэщIэным зыри хуэпIащIэу щыткъым. Абы и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр, дэ дызэреплъымкIэ, адыгэбзэ алфавитым къыхагъэхьа «зэхъуэкIыныгъэхэмкIэ» мыарэзы куэд щыIэми, а проектыр Адыгейм къызэрыщамыщтарщ. МЫРЗЭКЪАН ФатIимэ, КъБКъУ-м адыгэбзэмкIэ и кафедрэм и магистрант.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28592.txt" }
НэхъыфIкIэ догугъэ УФ-м Iэпхъуэшэпхъуэным кIэлъыплъ и федеральнэ къулыкъум и управленэу КъБР-м щыIэм и унафэщI Сокъур Олег я махуэшхуэм ирихьэлIэу зэфIагъэкIахэмрэ я ехъулIэныгъэхэмрэ, я IэнатIэм игъуэта зыужьыныгъэм кIэщIу тхутопсэлъыхь. Сокъур Олег — Илъэс 21-р лъэхъэнэшхуэу щыткъым, ауэ УФ-м Iэпхъуэшэпхъуэным кIэлъыплъ и федеральнэ къулыкъум а зэманым къриубыдэу зэрызиужьам, зэфIиха лэжьыгъэм тепщIыхьмэ, мащIэуи пхужыIэнукъым. Абы и IуэхущIапIэу республикэм щыIэми а ехъулIэныгъэхэм и гуащIэ хэлъщ. КъБР-м щыщыIэ гугъуехьхэм емылъытауэ, республикэм Iэпхъуэшапхъуэ щытыкIэр щызэпIэзэрытщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым иужь зэманым щекIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэм абы и социально-экономикэ, демографие щытыкIэм зыужьыныгъэфIхэр хелъхьэ, Iэпхъуэшапхъуэ Iуэхухэри нэхъ зэтеувэну догугъэ. ГъащIэр ефIакIуэмэ, лъахэм икIхэр нэхъ мащIэ зэрыхъунуми шэч хэлъкъым. УФ-м и Правительствэм федеральнэ IэнатIэхэм я гъэзэщIакIуэ властхэм къэрал Iуэхутхьэбзэхэр электроннэ щытыкIэм иту зэфIахыным хуэкIуэным теухуауэ нэгъабэ къищта унафэр дгъэзащIэкIэрэ, урысей, хамэ къэрал паспортхэр къеIызыхыну, ахэр зыхъуэжыну зыкъытхуэзыгъазэхэм я тхылъхэр госуслуги.ру сайтымкIэ электроннэу къаIыдох. Къыхэгъэщыпхъэщ щытыкIэ гугъу щызэфIэува Сирием, нэгъуэщI къэрал къиIэпхъукIыж ди лъахэгъухэм гулъытэ хэха зэрыхуэщIын хуейр. Ди унэтIыныгъэхэм языхэзщ адэ-анэм я нэIэ щIэмыту къэна сабийхэм защIэгъэкъуэныр. Налшык дэт республикэ Сабий унэм щыIэ цIыкIухэр сыт щыгъуи ди лэжьакIуэхэм къапоплъэ. Нэхъыщхьэр абыхэм хуахь тыгъэхэркъым, атIэ бгъэдалъхьэ хуабагъэрщ, гуапагъэрщ. Илъэси 6 хъуауэ ди нэIэ тетщ а IуэхущIапIэм и гъэсэн цIыкIухэми, икIи адэкIи ди зэпыщIэныгъэм зедгъэужьынущ. ЛэжьакIуэхэр IэпкълъэпкъкIэ псыхьауэ, къулыкъум хуэхьэзыру щытынми гулъытэ худощI. Абы и щыхьэтщ УФМС-м и футбол командэр республикэм и чемпион тхуэнейрэ зэрыхъуар. УФ-м и Президентым деж къэрал къулыкъумкIэ щыIэ Кавказ Ищхъэрэ академием ди лэжьакIуи 8-м я зэфIэкIым щыхагъэхъуащ дызэрыт илъэсыр къызэрихьэрэ. «И IэщIагъэкIэ нэхъыфI» зэпеуэм ди лэжьакIуэхэм КИФЩI-м япэ увыпIэр къыщахьащ дызэрыт илъэсыр къызэрихьэрэ. Ахэр иджыпсту щыIэщ Новосибирск къалэ щекIуэкI кIэух зэхьэзэхуэми, текIуэныгъэ къыщахьыну догугъэ. Я IэнатIэм щызыIэрагъэхьа ехъулIэныгъэхэм папщIэ ди лэжьакIуэ 12 ягъэпэжащ Урысей ФМС-м и унафэщIхэм. Къалэнхэр мащIэкъым, ауэ республикэм и социально-экономикэ зыужьыныгъэм и сэбэп зыхэлъ Iуэхугъуэхэр зэфIэхыным сыт щыгъуи гулъытэ хэха хуэтщIынущ. Я пщэрылъхэр жэуаплыныгъэр зыхащIэу зэфIэзыгъэкI гупщ ди лэжьакIуэхэр. Нобэ зи махуэр зыгъэлъапIэхэм ехъулIэныгъэ яIэну, я мурадыфIхэр къайхъулIэну си гуапэщ. Уэрдокъуэ Женя.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28597.txt" }
Апхуэдэхэр тщыгъупщэ хъунукъым Иджыблагъэ цIыхур Iуву щызэхуэсат Къэрэгъэш къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэшхуэм. КъэкIуат жьыи щIэи. А махуэм жылэм щекIуэкIынут я къуажэгъу цIэрыIуэ, адыгэ усакIуэ пажэхэм ящыщ, Къэбэрдей литературэм, псом хуэмыдэу усыгъэм, хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа КIэщт Мухьэз и фэеплъ пшыхь. ТIэкIу благъэкIами, усакIуэр къызэралъхурэ илъэс 75-рэ зэрырикъуам траухуат ар. Къэрэгъэш къуажэ школым и еджакIуэхэр Мухьэз и усэхэм къоджэ. Клуб щIыхьэпIэм и пэIущIэ пэшышхуэм щызэхуэхьэсат усакIуэм и тхылъхэр, и усэ нэхъ цIэрыIуэхэм ящыщ зыкъомым я фIэщыгъэхэр хьэрфышхуэкIэ тхауэ блыным кIэрылът. Пщыхьэщхьэр къызэIуаха нэужь, япэу псалъэ иратащ Къэрэгъэш къуажэм и унафэщI Шэт Астемыр. — Ди жылэм и цIэр Къэбэрдей-Балъкъэрым фIыкIэ щызыгъэIуахэм ящыщщ Мухьэз, — къыхигъэщащ абы и псалъэхэм. — Дрогушхуэ апхуэдэлI ди къуажэм къызэрыдэкIам. Сэ езыр сцIыхуу щымытами, зэрыжаIэжымкIэ, и къуажэр сыт щыгъуи и напщIэ телът, ди лэжьакIуэ пашэхэм ятетхыхьырт, я ехъулIэныгъэхэм щыгуфIыкIырт. КхъуэIуфэ Хьэчим, Хьэх Сэфарбий, БакIуу Хъанджэрий (сэмэгумкIэ щыщIэдзауэ) сымэ пшыхьым зрагъэхьэлIащ. Пшыхьым кърагъэблэгъат КIэщтым и ныбжьэгъухэр, къыдэлэжьахэр, зыцIыхуу щытахэр. Налшык икIат тхакIуэ, щIэныгъэлI, Лъэпкъ музейм и лэжьакIуэ гуп. ХьэщIэхэм ящыщу япэу псалъэ иратащ Мухьэз и усэхэм ящыщ зы зыхуитха, Къэбэрдей-Балъкъэрым и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ КхъуэIуфэ Хьэчим. — Псори дыщогуфIыкI ди ныбжьэгъужьу, фIыуэ тлъагъуу, пщIэ хуэтщIрэ езыми къытхуищIыжу къыддэгъуэгурыкIуа Мухьэз мыпхуэдэ пщыхьэщхьэ дахэ къызэрыхузэвгъэпэщам, — жиIащ абы. — ЗыгуэркIэ и гуапэ тщIарэт, зыгуэркIэ зыщIэдгъэкъуарэт, и губампIэ дэтхарэт жытIэу дыкъызэдекIуэкIащ. ИкъукIэ дыхуэныкъуэщ, хуабжьу дигу къоуэ ар апхуэдэу пасэу зэрытхэкIыжар. Ауэ и IэдакъэщIэкIхэр псэущ, и тхылъхэр, и уэрэдхэр ди гъусэщи, езыри тщIыгъуу добж. ЦIыху гу пцIанэу, хьэрэмыгъэншэу дунейм тетащ Мухьэз. ТхакIуэхэм я союзым къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу фи адыгэ къуажэм и Iуэху дахэу сыт щыгъуи екIуэкIыну, гуфIэгъуэрэ узыншагъэрэ фиIэну. ФIыщIэ яхуэсщIыну сыхуейщ мы Iуэхур къызэзыгъэпэщахэм. КъызэрызгурыIуамкIэ, жэрдэмыр къызыбгъэдэкIар езы лъэпкъращи, КIэщтхэ лъэпкъ узыншэ Тхьэм ищI, цIыхуфI, цIыху дахэ, Iущ, лIыгъэ зиIэ къыфхэкIыну, фыбагъуэну си гуапэщ. КIэщт Мухьэз Мыри щIызгъуну сыхуейщ. Ди ТхакIуэхэм я союзыр дызэрыгушхуэу щыта нэхъыжьыфIхэу КIыщокъуэ Алим, Кулиев Къайсын, ЩоджэнцIыкIу Iэдэм, Шортэн Аскэрбий сымэ хуэдэхэр къытхэмытыжми, ноби диIэщ узэрыгушхуэ, умыукIытэу сыт хуэдэ утыкуи узэрихьэ хъун литературэ. Мыбдежым кърихьэлIауэ къыщIэкIынщ егъэджакIуэхэр, сабий садым, библиотекэм я лэжьакIуэхэр. СынывэлъэIуну сыхуейщ бзэм, литературэм я IэфIагъыр цIыкIухэм зэрызыхевгъэщIэным нэхъри фегугъуну. Фи гулъытэ а Iуэхум лъывмыгъэсмэ, дэри абы щхьэкIэ гугъу зедмыгъэхьмэ, зэрыхъунур Тхьэм ещIэ… Си псалъэм и кIэухыу жысIэнуращи, мы къуажэр ящыщщ литературэм хэлъхьэныгъэ хуэзыщIахэм. Фигу къэзгъэкIыжыну сыхуейщ ди лэжьэгъуу щытахэу Гъубж Мухьэдин, Шыбзыхъуэ Мухьэдин сымэ. Иджыри догугъэ зэчий зыбгъэдэлъ, бзэр фIыуэ зылъагъу, литературэкIэ зэфIэкI зиIэ куэд къыфхэкIыну. КIэщт Мухьэз и щхьэгъусэ Лемэ, и къуэ Беслъэн, и къуэрылъху Алий. Зы пэш щIэсу Мухьэз илъэс куэдкIэ дэлэжьахэм ящыщщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ, «Iуащхьэмахуэ» журналым жэуап зыхь и секретарь Елгъэр Кашиф. — Сэ мы жылэр фIыуэ щIэслъагъум щхьэусыгъуэ иIэщ, — къызэхуэсахэм яжриIащ абы. — Адэ пасэу си анэ шыпхъу къашэри, мыбы дэсащ. КъыкIэлъыкIуэрауэ, КIэщт Мухьэз дунейм тетыхукIэ дыздэлэжьащ. Сэ нэхърэ ар нэхъыфIу зыцIыху мы къуажэм дэсу къыщIэкIынкъым, кIуэ нэхъыжь дыдэхэм я гугъу умыщIи. УнагъуэкIэ дызэкIэлъыкIуэу, ди ерыскъы зэIулъу, ди гур зэрыщIэу, ди псэр зэгъусэу дыкъыздэгъуэгурыкIуащ. ТIэкIу щхьэцпэщтэт (псэ хьэлэл зиIэхэр апхуэдэу къыщIэкIынщ), ауэ гу къабзэт, пщIэ хуумыщIынкIэ Iэмал иIэтэкъым. Си щхьэкIэ сыщогуфIыкIыж зэгуэрым Мухьэз си сэбэп екIауэ зэрыщытам. Мэзкуу сыщеджэу, Литературэ институтым сыщIэсу, абы щIэзыгъэтIысхьэ комиссэр къызоджэри къызат Мухьэз и Iэрытххэр, «Мыр пцIыхурэ?» жари. «СоцIыху» жысIащ. «Мыр адыгэбзэкIэ къихьри екъури ежьэжащ, дэ зэдзэкIауэ дыхуейщ», — щыжаIэм, ди институтым къегъэщIылIа Литературэ курс нэхъыщхьэм щеджэ ЩоджэнцIыкIу Iэдэм зыпысщIэщ, тIуми рецензэ хуэттхри, абы и фIыгъэкIэ щIагъэтIысхьауэ щытащ Литинститутым. ФIы пщIэмэ, кIуэдыркъым, жи. Мухьэз и сэбэп къызэрекIауэ щытар игу къигъэкIыжащ пшыхьым къыщыпсэлъа тхакIуэ Хьэх Сэфарбий. — Мухьэз литературэ институтым щеджэу къыздэIэпыкъури, абы и фIыгъэ хэлъу а еджапIэм сыщIэтIысхьащ, — жиIащ Сэфарбий. — ДызэрымыцIыхуу, телефонкIэ, письмокIэ дызэрыщIэу арат абы щыгъуэ. «Мыбы ущIэшынэн хэлъкъым, — къызжиIат, — уи усэхэр подстрочник жыхуаIэм хуэдэу зэрегъэдзэкIи, адэкIэ тэмэм хъунущ». Апхуэдэ щIыкIэкIэ абы гъуэгу сытригъэуващ, и ахърэт дахэ Тхьэм ищI, апхуэдэ куэд иджыри ди щIэблэм къахигъэкI». Къызэхуэсахэр гуапэу IущIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и лэжьакIуэ, филологие щIэныгъэхэм я доктор БакIуу Хъанджэрий къиIуэтэжам. — Гъут Iэдэмрэ сэрэ дыздеджэу, дыстуденту зы махуэ гуэрым Мухьэз дрешажьэ: «ФынакIуэ рестораным, тIэкIу фыщызгъэсынущ», жери. Сэ сефэ нэхърэ фIыуэ сышхэмэ нэхъ къэсщтэнути, жызоIэ: «Мухьэз, а дэ къыттебгъэкIуэдэну тIэкIур къыдэти, тхьэмахуэкIэ дрикъунущ». Мэдыхьэшхри, «ари фэстынщ» жеIэ. Дегъашхэ-дегъатхъэри, сом щырыщи къытIэщIелъхьэ. Устуденту, умэжалIэу апхуэдэ къыпхуэзыщIар IэфIу уигу къимынэжынкIэ Iэмал иIэкъым… КIэщтхэ цIыху хъарзынэ къыфхэкIахэщ. Мес, мы Iуэхур къызэгъэпэщыным егугъуа Назир соцIыхури, щIалэ хъарзынэщ, и лъэпкъым теухуауэ тхылъышхуэ къыдигъэкIащ. ТхакIуэ, дызыгъэIущын куэд Тхьэм къыфхигъэкI. ГукъэкIыж пшыхьым къыщыпсэлъахэщ КIэщтым и ныбжьэгъуфIу щытахэу, шыгъупIастэ куэд дэзышхахэу Архагъэ Адил, Шал Къэралбий, Мухьэз и щхьэгъусэ Лемэ, езы усакIуэм и псалъитIым языхэзу щыта и къуэ Беслъэн сымэ, нэгъуэщIхэри. Пщыхьэщхьэр ягъэдэхащ ар Iэзэу езыгъэкIуэкIа, Урыс къэрал драмтеатрым и артисткэ БатI Залинэ, ди республикэм фIыуэ къыщацIыху уэрэджыIакIуэ, Къэрэгъэш щыщ Шал Хъусен, апхуэдэу КIэщтым и усэхэм къеджа, уэрэд жызыIа, къэфа, къуажэ еджапIэм щIэс сабийхэм. Игъуэ нэмысу дунейм ехыжа усакIуэ Iэзэм теухуа пшыхьыр къызэзыгъэпэщахэм я мурадар зыщ: ди нобэрей щIэблэми, пщэдей абы къащIэхъуэнухэми ящыгъупщэ хъунукъым лъэпкъым жумарту хуэлэжьа, зи IэдакъэщIэкI купщIафIэхэмкIэ къэбэрдей литературэр нэхъри къулей зыщIа, адыгэм къытхэкIа КIэщт Мухьэз хуэдэхэр. Мыз Ахьмэд.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28603.txt" }
Гулэжын Маринэ и ехъулIэныгъэ лъагэ Мы гъэм илъэсищ мэхъури, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щокIуэкI Анэдэлъхубзэр езыгъэджхэм я зэфIэкIыр щагъэлъагъуэ «Сыдэзыхьэх дуней» щIыналъэпсо зэпеуэ. Мы гъэм ар къыщызэрагъэпэщащ Шэшэн Республикэм и къалащхьэ Грознэм. Абы и жэрдэмщIакIуэхэщ Кавказ Ищхъэрэм хыхьэ республикэхэм егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ я министерствэхэр, егъэджакIуэхэм я щIэныгъэм щыхахъуэ щIыналъэ институтхэр, щIэныгъэмрэ егъэджэныгъэмрэ зегъэужьынымкIэ IуэхущIапIэхэр. Зэпеуэм щытекIуа Гулэжын Маринэ (ижьымкIэ щытщ) ягъэлъапIэ. Анэдэлъхубзэр езыгъэджхэм я зэфIэкIыр кIэлъыплъакIуэ гупым къипщытащ. Абы хэтащ Шэшэн Республикэм егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Музаев Анзор, ЕгъэджакIуэхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ Шэшэн институтым и ректор Эльмурзаевэ Ганнэ, егъэджакIуэхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым адыгэбзэмрэ балъкъэрыбзэмрэ егъэджынымрэ методикэмкIэ и кафедрэм и унафэщI Инчы Иринэ, БизнесымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым и Дунейпсо Университет зэIухам и унафэщI Джангуразовэ Лизэ сымэ, зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэм щытекIуа егъэджакIуэ пашэхэр, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм егъэджэныгъэмкIэ и IэнатIэхэм я лIыкIуэхэр, нэгъуэщIхэри. IэщIагъэлI 20-м щIигъу зэхьэзэхуащ махуитIкIэ. Ди республикэм къыбгъэдэкIыу зэпеуэм цIыхуищ хэтащ: адыгэбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэхэу Гулэжын Маринэ (Нарткъалэ дэт курыт школ №5), Псэныкъуэ Алинэ (Дзэлыкъуэкъуажэ дэт курыт школ), балъкъэрыбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэ Бозиевэ Саният (Налшык дэт курыт школ №9) сымэ. Абыхэм зэхьэзэхуэм екIуу зыкъыщагъэлъэгъуащ: дерс зэIухахэр ятащ, лэжьыгъэм творческэу зэрыбгъэдыхьэр, литературэмрэ гъуазджэмкIэ яIэ зэфIэкIхэр наIуэ къащIащ. Псом хуэдэжтэкъым егъэджакIуэ ныбжьыщIэ Гулэжын Маринэ и зыкъэгъэлъэгъуэныгъэр. Зэпеуэм къигъэув къалэнхэм япкъ иткIэ, Маринэ хэтащ зэхьэзэхуищым. «Псоми я щIэдзапIэр лъагъуныгъэрщ» жыхуиIэ япэ Iыхьэм егъэджакIуэр щытепсэлъыхьащ и IэщIагъэр къызэрыхихамрэ абы хуиIэ лъагъуныгъэмрэ, и Iуэху зехьэкIэ мардэхэмрэ и гъэсэнхэмрэ езымрэ яку дэлъ псэ къабзагъымрэ. КъыкIэлъыкIуэу Маринэ итащ «Уи насыпымкIэ ядэгуашэ ныбжьэгъухэм» дерс зэIухар. Абы Гулэжыным щигъэлъэгъуащ и дерс ухуэкIэ хьэлэмэтыр, абы къыщигъэсэбэп художественнэ Iэмалхэр. «Гурылъыр хьэуам иIэту» творческэ унэтIыныгъэм Маринэ хэкум теухуа уэрэд щыжиIащ. Хьэлэмэтырати, егъэджакIуэм хузэфIэкIащ ар зэрызэхэт едзыгъуэ къэс бзэ зырызкIэ игъэIун: адыгэбзэкIэ, осетиныбзэкIэ, шэшэныбзэкIэ. Апхуэдэу плъыфабэу зэхэухуэна хъуа уэрэд жыIэкIэр зэпеуэм кърихьэлIа куэдым гунэс ящыхъуащ, Маринэ и макъ гуакIуэм и гугъу умыщIыххи. Зэпеуэм и къэпщытакIуэ гупым къилъытащ Гулэжын Маринэ и Iуэху зехьэкIэр адрей и хьэрхуэрэгъухэм ефIэкIыу. УнэтIыныгъищми абы пашэныгъэр щыхуагъэфэщащ икIи зэхьэзэхуэм и япэ увыпIэмрэ саугъэт лъапIэмрэ иратащ. Егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм зэрыпэрытрэ куэд дыдэ мыхъуами, Гулэжыным и лэжьыгъэфIым гу лъатащ. Маринэ щIыналъэпсо зэпеуэм зыщыхуигъэхьэзырым чэнджэщэгъу къыхуэхъуахэу Инчы Иринэрэ Аруан куейм адыгэбзэр щезыгъэджхэм я методикэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Хъуэст ФатIимэрэ зэрыжаIэмкIэ, егъэджакIуэ ныбжьыщIэм зэфIэкI лъагэ бгъэдэлъщ, текIуэныгъэщIэ куэд дяпэкIи къызэрихьынум шэч хэлъкъым. Анэдэлъхубзэр езыгъэджхэм я зэфIэкIыр щагъэлъагъуэ «Сыдэзыхьэх дуней» еплIанэ щIыналъэпсо зэпеуэр щекIуэкIынур Налшыкщ. Ар зэпеуэм и хабзэхэм ящыщщ: текIуэныгъэ къэзыхьа егъэджакIуэр къыздикIа лъахэм къыщызэрагъэпэщ къыкIэлъыкIуэ зэхыхьэр. Мыгъэрей зэхьэзэхуэм пашэ щыхъуа Гулэжын Маринэ дохъуэхъу егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм ехъулIэныгъэщIэхэр щызыIэригъэхьэну, лъагапIэщIэхэр и плъапIэу куэдрэ узыншэу лэжьэну. ЖЫЛАСЭ Маритэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28610.txt" }
Нобэ Лъы зытым и дунейпсо махуэщ США-м щагъэлъапIэ я бэракъым и махуэр 1936 гъэм КъБАССР-м гъуазджэхэмкIэ и управленэр къызэрагъэпэщащ. 1940 гъэм Франджым и командующэ нэхъыщхьэ Вейган и унафэкIэ, зауэ хэмыту Париж нэмыцэ-фашистыдзэм иратащ. Ираным президент щыхах. Адыгей усакIуэ, драматург, егъэджакIуэ ЛIыхэс Мухьдин и ныбжьыр илъэс 58-рэ ирокъу. Радиожурналист, усакIуэ Аброкъуэ Беллэ къыщалъхуа махуэщ Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 27 — 29-рэ, жэщым градус 20 — 22-рэ щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28614.txt" }
Хэкупсэхэр ягъэлъапIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым ЦIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министерствэм Iуэху гуапэ щекIуэкIащ. ЩIэблэм хэкупсэ гъэсэныгъэ етыныр мурад нэхъыщхьэ зыхуэзыщIыжауэ абы телажьэхэр щIыхь дамыгъэхэмрэ медалхэмкIэ ягъэлъэпIащ. Тыгъэхэр Къумахуэ Мухьэдин ет. 2011 — 2015 гъэхэм ятещIыхьа, «Урысей Федерацэм и цIыхухэм хэкупсэ гъэсэныгъэ етын» программэм ипкъ иткIэ, УФ-м и Правительствэм и Унафэм къызэрыщыгъэлъэгъуам тету, Урысей къэрал дзэ тхыдэ-щэнхабзэ центрым игъэуващ «Урысей Федерацэм и цIыхухэм хэкупсэ гъэсэныгъэ етыным жыджэру зэрыхэлэжьыхьым папщIэ» щIыхь дамыгъэмрэ «Урысейм и хэкупсэ» медалымрэ. Ахэр яхуэфащэу цIыхуихрэ республикэм и курыт еджапIитIрэ къыхахащ. — КъБР-м и къалэхэмрэ къуажэхэмрэ мыпхуэдэ егъэджакIуэфIхэр иIэху, Хэкур цIыху пэжхэм зэращымыщIэнур ди фIэщ мэхъу, — жиIащ зэIущIэр къыщызэIуихым цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ министр Къумахуэ Мухьэдин. «Урысей Федерацэм и цIыхухэм хэкупсэ гъэсэныгъэ етыным жыджэру зэрыхэлэжьыхьым папщIэ» щIыхь дамыгъэр иратащ Май къалэм и гимназие №1-м и егъэджакIуэхэм. А IуэхущIапIэм иIэщ езым и дамыгъэ, гимн, «Хэкупсэ» зи фIэщыгъэ клуб, школ музей щолажьэ. Апхуэдэ дамыгъэ къилэжьащ Бахъсэн къалэм и курыт еджапIэ №4-ми. Хэкупсэ гъэсэныгъэ къызыпкърыкI Iуэху зэмылIэужьыгъуэу школым щрагъэкIуэкIхэм къыдэкIуэу, ар цIэрыIуэщ и «Фэеплъ» музейр Урысей Федерацэм и школ музейхэр къыщыхьа тхылъым зэрыратхамкIэ. — Мыр си закъуэкъым зейр, ар нэхъыбэу зи ехъулIэныгъэр сабийхэрщ, — жиIащ «Урысейм и хэкупсэ» медалыр зыхуагъэфэщахэм ящыщ, Тырныауз къалэм ОБЖ-мкIэ и егъэджакIуэ Соттаев Шарафи. Абы и тхыгъэхэр «Знамя» журналым къытохуэ, цIыхур шынагъуэншэу псэуным хухэха плIанэпэр егъэхьэзыр. А медалыр хуагъэфэщащ КъБР-м и «Урысейм и ДОСААФ» Аруан автошколым и унафэщI, Ростов областым хыхьэ Мартыновскэ районым и администрацэмрэ и къэхутакIуэхэмрэ щIыгъуу 115-нэ шууей дивизэм и тхыдэр къэзыхутэ Гулажын Беслъэн. Я зэфIэкIыр дамыгъэ лъапIэмкIэ къалъытащ Шэджэм районым къэрал кIуэцI Iуэхухэмрэ къэрал кIуэцIыдзэхэмрэ я ветеранхэм я советым и тхьэмадэ Уэрыш Владимир, Красносельскэ къуажэм и курыт еджапIэм и «Импульс» творческэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Писаренкэ Владимир, Безенги жылэм Мечиев Кязим и цIэр зэрихьэу дэт школым ОБЖ-мкIэ щезыгъаджэ Чочаев Мурадин, Тэрч къалэм и курыт еджапIэ №2-м а предметыр щезыгъэдж-къызэгъэпэщакIуэ Дэбагъуэ Ахьмэд сымэ. ПЩЫГЪУЭШ Iэсият.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28616.txt" }
Къанокъуэ Арсен: Ди къэралыр зэхъуэкIыныгъэхэм хущIокъу КъБР-м и Iэтащхьэр топсэлъыхь Урысейпсо цIыхубэ фронтым и къызэгъэпэщакIуэ съездым и лэжьыгъэр зэрекIуэкIам «Мы зэхыхьэр ипэжыпIэкIэ цIыхубэ Iуэхуу щытащ. Абы щыхьэт тохъуэ делегату 1500-м щIигъу, журналист, хьэщIэ куэд зэрыхэтар. ЦIыхубэ фронтым и программэр Урысей Федерацэм и Президентым нэгъабэ накъыгъэм къыдигъэкIауэ щыта указхэр гъэзэщIэнырщ. Си дежкIи, адрей субъектхэм я Iэтащхьэхэм я дежкIи мыхьэнэ хэха иIэщ ЦIыхубэ фронтым и щIыналъэ къудамэхэр къызэрагъэпэщыну унафэ къызэращтам. Абы Iэмал къитынущ цIыхубэм нэхъ быдэу запыщIэнымкIэ, абыхэм я гурыщIэхэмрэ гупсысэхэмрэ нэхъ гъунэгъуу щыгъуазэ зыщIынымкIэ. Лъэпкъ куэд щыпсэу, илъэс миным щIигъуа тхыдэ зиIэ Урысейм и къекIуэкIыкIар псоми ящIэн хуейщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу-хэм я дежкIэ икъукIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ УФ-м и унафэщIхэм я нэIэ къызэрыттрагъэтым, къэралым и дежкIэ дэтхэнэ зы цIыхури зэрылъапIэр зэрызыхащIэм. Съездыр нэхъыщхьэу зытеухуауэ щытар къэралым и зыужьыныгъэм, къэкIуэну зэман нэхъыфIым щIэбэныным хуэунэтIауэ зэкъуэувэнырщ. Ди дежкIэ нэрылъагъущ Урысей Федерацэм и Iэтащхьэм гушхуэныгъэ зэрыхэлъыр. Абы зэIущIэм къыщиIэтащ съездым хэта дэтхэнэ зыри зытегузэвыхь, къэралыр иджыпсту нэхъ гугъу езыгъэхь Iуэхухэр. Абы къегъэлъагъуэ Урысейр зэхъуэкIыныгъэхэм зэрахуагъэхьэзырыр. Абы къыхэкIыу цIыхубэм аргуэру я дзыхь ирагъэзащ мелуанхэр зи телъхьэ, лъэпкъым и пашэ гъэунэхуауэ щыт Путин Владимир. Ар зэщIэхъееныгъэм и Iэтащхьэу зэрыхахам мыгурыIуэгъуэу зыри хэлъкъым. Зэгуэр къэралым и Iэтащхьэу уври, абы хэкур тхыдэм и лъэхъэнэ гугъум къыхишащ. Аращ Урысейм и граждан жылагъуэр зэтегъэувэнымкIэ лэжьыгъэшхуэ езыгъэкIуэкIыну политикэ зэщIэхъееныгъэм и пашэу увыну Путин Владимир дзыхь щIыхуащIар». Щокъарэ Залинэ, КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэм и унафэщI
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28620.txt" }
Зыгъэпсэхугъуэ махуэм Лъэпкъ шхыныгъуэхэр ШхукIэ щIа лэкъум Шху гуащIэм шыгъу, джэдыкIэ цIынэ, содэ, фошыгъу, сэхуран дагъэ халъхьэ, мафIэм трагъэувэри, зэIащIэурэ и хуабагъыр градус 35-рэ хъуху трагъэт, содэмрэ фошыгъумрэ ягъэткIуху. Шху хуэбар гуэдз хьэжыгъэ ухуэнщIам хакIэри, тхьэв япщ, хъыдан трапхъуэри хуабапIэм щагъэтщ дакъикъэ 20-30-кIэ. ИтIанэ Iэнэмрэ хупхъэмрэ сэхуран дагъэ щахуэ, тхьэвыр мм 3-4 и Iувагъыу хупхъэкIэ яхури, сэкIэ зэпаупщI. Лэкъумыр сэхуран дагъэкIи тхъукIи бгъажьэ мэхъу. Тхьэв зэпыгъэжар фIыуэ къэплъа дагъэм халъхьэри тхъуэплъ хъуху ягъажьэ. Лэкъумыр щабэу, пIэрэпIэщэжу щытын хуейщ. Шатэ, фо, шей щIыгъуу хуабэу яшх. Халъхьэхэр: гуэдз хьэжыгъэу — г 700, шхууэ — г 400, джэдыкIэу — ныкъуэ, шыгъуу, содэу, фошыгъуу — узыхуейм хуэдиз, зэрагъэжьэну дагъэу — зыхуейм хуэдиз. Нартыху хьэлыуэ ШыуанкIэ тхъу къагъэплъ, абы, бэлагъкIэ зэIащIэурэ, нартыху хьэжыгъэ ухуэнщIа хакIутэ, мафIэ щабэм тету дакъикъэ 28-30-кIэ ягъажьэ. Шыуаныр пэшхьэкум кърагъэувэхри фошыгъупс пщтыр хакIэ, фIыуэ зэхэзэрыхьыху мыувыIэу япщ. Хьэлыуэ пща пщтырыр тхъу зыщыхуа Iэнэм тралъхьэри, IэкIэ яубэ зэпэплIимэу е хъурейуэ. ЗэпаупщI ху хьэлыуэм ещхьу. ЩаупщIатэм къэна упщIэтахуэхэр IэшкIэ цIыкIу ящI. Халъхьэхэр: нартыху хужь хьэжыгъэу — г 400, тхъууэ — г 100, псыуэ — г 150-рэ, фошыгъуу — г 150-рэ. «Адыгэ шхыныгъуэхэр» тхылъым къитхыжащ. Нэщэнэхэр Бещтоужьыр къопщэ Адакъэр бжэIупэм къыIуувэрэ и щIыбагъыр къэгъэзауэ Iуэмэ, фIыкъым. Бещтоужьыр къепщэмэ, гъэр фIы хъуну къалъытэрт. Iуащхьэмахуэ пшагъуалъэмэ — уэлбанэ пэплъэ жаIэрт. Бжьыныфэ, бжьыныхуфэ, джэдыкIафэ ягъэсыртэкъым — тхьэмыщкIагъэ къишэу къалъытэрти. Бзэгупэр шхэмэ, пцIы къыптралъхьэ жаIэрт. ГушыIэ Сэ дэнэ къыщына! Тегушхуэныгъэ зэрахэмылъым къыхэкIыу, щIэмыхьэфу зэхэт и ныбжьэгъу гупыр зэлъыIуигъэкIуэтри, Iэсхьэд экзамен щат пэшым щIыхьащ, и унэжь щIэбэкъуэж бысымым ещхьу гушхуауэ. — Добрэ утрэ, Мыхьмуд Назирович! — хэIэтыкIауэ Iэсхьэд жеIэ, джэшыдз фызыжьым къигъэхьэзыра куэзырым ещхьу, икъухьауэ стIолым телъ билетхэм теIэбэурэ. — ДымытIысу жэуап етт хъуну къытлъыса билетым ит упщIэхэм? — ПщIэмэ, хъунщи, тIыгъуэжынмэ, уэлэхьи. — Цырыцу зэпкърызмыудмэ, си гитарэжьыр згъэпцIащ!.. Iыхьы-Iыхьы!.. И портфель укъуеяр имыхъуэжауэ (тхылъ къэщэхуным къыдэхуэу, ахъшэ тIэкIу худэдзыхыртэкъым) институтым зэрыщылажьэ илъэс щэщIым къриубыдэу Мыхьмуд студент Iэджэ илъэгъуат, абыхэм я жэуапхэм едэIуат, езыхэри къедэIуэжат, щригъаджэ е экзамен къащыIих зэманхэм къриубыдэу. Я фэкIи я щIэныгъэкIи зэмыщхь а студентхэм яхэтт хуэмыху, щхьэхынэ, хьилмы щIагъуэ зыбгъэдэмылъ зыкъом. Ауэ, езы Мыхьмуд зэрыжиIэмкIэ, Iэсхьэд хуэдэ былым дыдэ зэи хуэзатэкъым. Зыхуэза гуэр щыIэми, щыгъупщэжат. — Сыт мыбы есщIэнур? — егъэджакIуэр хэкъузауэ зоупщIыж, Iэсхьэд къригъэкIуэкI мышыу къомым (билетым ит упщIэхэм жыжьэу екIуалIэртэкъым) адэкIэ емыдэIуэжыфу здэщысым. — «Неуд» Iушэ цIыкIу хуэгъэув жыпIа?.. Дауи, мы ахьмакъым абы нэхъыбэ къилэжьыфыркъым, ауэ… ауэ и адэ къулеижьым и ерыскъы IэфI куэд тшхащ, и сом зыкъоми… — У меня все! — уардэу Iэсхьэд жиIащ, Мыхьмуд зыхэт гупсысэ хьэлъэхэр зэпиуду. — Хъунщ, Iэсхьэд, ауэ тIэкIу услабэщ. — Ы-ы? УпщIэ лей зытIущ къызэтыт-тIэ иджыри. — Жэуап къыпхуемытыжмэ-щэ? — За кого Вы меня принимаете, Мыхьмуд Назирович? Любой вопросыр цырыцу пхузэIызмыхмэ, ди «Мерседесыр» згъэпцIащ! «Принципиальнэ» жыхуиIэ псалъэр фIы дыдэу илъагъу пэтми, куэдыр зэрыщыгъуазэщи, Мыхьмуд цIыху течыгъуейхэм ящыщтэкъым, шыдым хуэдэу ерыщ екIуэу. Зыбжанэрэ уелъэIуа е тIэкIу епкъузылIа нэужь, ар къыпхуэгъэIурыщIэрт. Студентым и лъэIу тегъэчыныхьам Мыхьмуд Назирович пэщIэтыфакъым. — Зы упщIэ уэстынщ-тIэ, апхуэдизу уигурэ уи щхьэрэ щызэтелъкIэ, — жеIэ абы, нэгъуджэ зыIуихар бэлътоку зэхэупIышкIуэжакIэ илъэщIу здэщысым. — Сыт банкыр зищIысыр икIи экономикэм сыт хуэдэ къалэн абы щигъэзащIэр?.. ПщIэрэ? — Хьи! КIэнишнэ, сщIэрэ! Сабий садым щыIэ дэтхэнэ зы цIыкIуми абы и жэуапыр къуитыфынущ, Мыхьмуд Назирович (и бгъэм ину теуIуэурэ), сэ дэнэ къыщына! — ЖыIэт-тIэ. — СлIожь, жысIэмэ: банкыр — хьэкъущыкъу лIэужьыгъуэщ. Сыт ущIэдыхьэшхыр, Мыхьмуд Назирович? Уэлэхьи, зыри гъэщIэгъуэну абы хэмыт. Умыдыхьэшх, кхъыIэ, апхуэдизу. Мыхъуми, сыгъэух!.. ЛIыгъур Чэрим. Адыгэ джэгу. Сурэтыр Карнеджефф Е. М. ищIащ. 1812 гъэ ЖыIэгъуэхэр КъэкIуэнщ зэман Зи бзэгум хуимытыжым блоплъри, бзагуэм насыпыншафэ ираплъ. Машинэми чэфми запыIудз: зыр къыбжьэхэуэнщ, адрейм псалъэкIэ уитхьэлэнщ. ГъащIэм узэреплъ нэмкIэщ укъызэрилъагъур. Дунейр Iуэху зэхузиIэ ныкъуэ-ныкъуэ-зэныкъуэкъуу зэхэлъщ. КъэкIуэнщ зэман, ныкъуэкъуэгъу зимыIэм имыIэ щымыIэу. Мыгупсысэу псалъэри зы лъэныкъуэкIэ къокI: гупсысэ хохуэри, жиIэн хуеям гу лъетэж. Жьыгъэм ущымышынэ, ар акъылым и зэманыгъуэщ! Нэхъыжьым IумпIэр IэщIэхумэ, нэхъыщIэм и тхьэ къызэрихьщ. НэхъыщIэфI зэхъулIар жьыщхьэ махуэщ. УщыщIалэм узэрыщытар хъуэпсапIэу уиIахэм къыбжаIэж. ЩIалэгъуэм имытхьэлэу къелым гъащIэ къыпоплъэ. ЩIэблэм щIэину лъабжьэфI къахуэнэмэ, щхьэкIэр езым ящIыжынщ. Бейтыгъуэн Сэфарбий. Тхыгъэ кIэщIхэр Гъуджэм къощ сурэт ЦIыхум и теплъэу гъуджэм къищым узэрыфIэфIу зыхуэщI — ухуеймэ, зыхузэкIэщIэш, ухуеймэ, ешхыдэ. АбыкIэ уигу мызагъэмэ, кIэрахъуэкIэ еуапэ. Абы хэкIуадэм хэкIуэдэнур гъуджэрщ. Ауэ гъуджэм къищ цIыху сурэтым зэрызыхуэпщIым хуэдэу езы цIыхум зыхуэпщIыныр икIагъэщ, хьэкIэкхъуэкIагъэщ. ЦIыхум гуапагъэрэ IэфIыгъэрэ кIэлъызепхьэныр, абы гукъэкI хууиIэныр, удэIэпыкъуныр уи къалэнщ. Апхуэдэу дапщэщи ущытыфу пIэрэ? Шагъдий «Шагъдийр» сытым къытекIрэ жыпIа? Абы къикIыр «шыгъэр лъэдийм щыIэщ» жиIэу аращ. Адыгэхэм япэм шыр мыпхуэдэу зэхагъэкIырт: шыр къагъажэурэ фIыуэ еша нэужь, абы и фIалъэм лъакъуэкIэ хущIэуэрт. Шы лъакъуэр щIэщIамэ, ар шагъдийуэ ялъытэртэкъым. Теунэ Хьэчим. Тхыдэ Я адэхэм ещхь хъужакъым «Мыщэ лъхуэри дыщэ къилъхуащ, дыщэ лъхуэри мыщэ къилъхуащ», — жаIащ XVIII лIэщIыгъуэм псэуа къэбэрдейхэм. Апхуэдэу жаIэн хуей щIэхъуар мыращ: Беслъэн ПцIапцIэ и лIакъуэ Къазиипщым къуитху иIащ: ХьэтIохъущыкъуэ (ХьэтIохъущокъуэ лъэпкъыр къызытехъукIар), Щолэхъу (бын иIакъым, пасэу дунейм ехыжащ), Жамболэт, Мысост (пщы Мысостхэ я лъэпкъыр къызытехъукIар), Ислъам («Ислъэмей» щIыжаIэр). Арати, Къазиипщым и къуэ ещанэ Жамболэт къуищ иIащ: Бэчмырзэ, Къетыкъуэ, СулътIан-Алий. Бэчмырзэрэ Къетыкъуэрэ лIыпIэ щиувэм, тIури адыгэпщ цIэрыIуэ хъуащ. Ауэ я хьэл-щэнкIэ ахэр зы анэ къилъхуа хуэдэтэкъым. А тIур я пщылIхэмрэ я уэркъхэмрэ зэрахущыт елъытауэ, Бэчмырзэ «мыщэкIэ», Къетыкъуэ «дыщэкIэ» еджэ хъуащ. Ауэрэ зэманыр екIуэкIыурэ, Бэчмырзэ къуих иIэ хъуащ: Тэтэрхъан, Темырболэт, Бэтокъуэ, Къесын, Долэт-Джэрий, Елмырзэ. Къетыкъуэ къуитху иIащ: Аслъэнбэч, Къарэмырзэ, Къасболэт, Къэнэмэт, Жамболэт (и адэшхуэм и цIэр фIащыжащ). Арати, Бэчмырзэ «мыщэрэ» Къетыкъуэ «дыщэрэ» я бынхэр лIыпIэ иувэу пщыгъэр щаубыдым, я къуэ нэхъыжьитIыр — Бэчмырзэ и къуэ Тэтэрхъанрэ Къетыкъуэ и къуэ Аслъэнбэчрэ — я хьэл-щэнкIэ я адэхэм зыкIи емыщхь хъуащ. Бэчмырзэ «мыщэ» и къуэ Тэтэрхъан хьэл-щэн дахэ зиIэ, цIыху Iэдэб, бзэ IэфI зыIурылъ лIы зэтес къыхэкIащ. Къетыкъуэ «дыщэ» и къуэ Аслъэнбэч, и адэм зыкIи емыщхьу, цIыху IуэнтIа, гурымыкъ, щхьэзыфIэфI, пщы пагэ къищIыкIащ. Абыхэм цIыхухэр еплъри, я адэхэм зыкIи зэремыщхьым щхьэкIэ «мыщэ лъхуэри дыщэ къилъхуащ, дыщэ лъхуэри мыщэ къилъхуащ», — жаIащ. А псэлъафэр абы къытекIащ. Бекмурзин пщы лъэпкъ унэцIэр Бэчмырзэ деж къыщежьащ. Бекович-Черкасскэ пщы лъэпкъыр Бэчмырзэ и къуэ нэхъыщIэ Елмырзэ къытепщIыкIыжащ. Елмырзэ генерал цIэ иIэу, дзэпщу Астрахань къалэм дэсащ. И бынхэри, абыхэм я щIэблэри, урыс хъужауэ, пащтыхьым къулыкъу хуащIащ. Кайтукин пщы лъэпкъ унэцIэр Къетыкъуэ деж къыщежьащ. Къетыкъуэ и къуэ Аслъэнбэч Къэбэрдейм пщыгъэр тIэунейрэ щиIыгъащ: 1721 — 1722, 1736 — 1739 гъэхэм. «Шы пшэр уанэу» зэ УрысеймкIэ, зэм КърымымкIэ еутэкIыурэ, зы пщы гуэрми емызэгъыу, Къэбэрдейр зэIищIэу псэуащ, икIэм-икIэжым, Кърымым Iэпхъуапэри, абы щылIэжащ. Аслъэнбэч и къуэ Хьэмырзэ ЛIы КIэщIырщ 1778 гъэм «Къэбэрдей жэщтеуэр» къызэзыгъэпэщауэ щытар. КъардэнгъущI Зырамыку. Сыт апхуэдэу щIыжаIэр? Лъэпщ и ХьэпцIей кIуэкIэ Лъэпщ и цIэу Алъхъохэ пщылI гуэр яIэт. — Пщэдей ХьэпцIей узгъэкIуэнущ, Лъэпщ! — жиIащ пщым. «Пщэдджыжь сыщыкIуэнукIэ, ныжэбэ сыкIуэрэ сыкъэкIуэжмэ, щхьэ мыхъурэ!» — жиIэри, Лъэпщ жэщым ХьэпцIей кIуэри къэкIуэжащ. Пщэдджыжьым Лъэпщыр пщым къриджэу ХьэпцIей щIэкIуэнумкIэ унафэ щыхуищIым: — Уэлэхьэ, зиусхьэн, а жыхуэпIэм ныжэбэ сыкIуэри сыкъэкIуэжамэ, — жиIащ Лъэпщ. ПщIэншэрыкIуэу хьэулейм хужаIэ. ПтIашэ и джэду ирисхьащ ПтIашэ и щхьэгъусэм джэд лыбжьэ ищIу я гъунэгъур къыщIыхьащ. Джэдым щыщ къыщIыхьам иригъэшхыну ПтIашэ хуейтэкъыми, ар къыпимыхыжыну и щхьэгъусэм нащхьэ хуищIащ. Фызри и лIым фIэлIыкIри, къыщIыхьар щысыху шыуаным и гугъу ищIакъым. Гъунэгъури Iуэхуншэти, уэршэрурэ жэщыр хэкIуэтэху щысащ. Ар щыщIэкIыжым: — Иджы дышхэнщ! — жаIэу шыуаныр къыщытрахыжым джэд лыбжьэр фIамыщI ихъухьат. Упсэумэ, сэ схуэдэ ухъунщ, улIэмэ, мыбы хуэдэ ухъунщ! ЛIыжь набгъэр здэкIуэм шы щхьэ къупщхьэм игъэлъэпэрапэри джэлащ. ЛIы-жьым зыгъэлъэпэрэпа къупщхьэжьыр къищтауэ зэпиIэбыхьырт. ЛIыжьыр зэрылъэпэрэпар щIалэжь гуэрым илъагъури: — КъэпщтамкIэ сыздэгъэгуашэ, тхьэмадэ! — жиIащ щIэнакIэу. — УкъысщIэмынакIэ, щIалэ! Упсэумэ, сэ схуэдэ ухъунщ, улIэмэ, мыбы хуэдэ ухъунщ! — жиIэри шы щхьэ къупщхьэр лъэныкъуэкIэ Iуидзащ. Фи лъэIукIэ Данэ бэлътокур Псалъэхэр ЩоджэнцIыкIу Нурий, макъамэр Къашыргъэ Билал яйщ. Данэ бэлътокур, уей жи, уей, Iэгум йокIуадэ, уей жи, уей. СызытекIуадэр уи лъагъуныгъэрщ, Гуащэгъагъ дахэ, жи. Гуащэгъагъ дахэр, уей жи, уей, Щауэ хэгъадэщ, уей жи, уей. Сызыхэдахэм уэрщ къахэсхари, Гуащэгъагъ дахэ, уей. Ди шыгъуэгу хадэм, уей жи, уей, Кхъужьхэр щогъагъэ, уей жи, уей. Си лъагъуныгъэр къыбдэгъэгъати, Гуащэгъагъ дахэ, жи. Псалъэзэблэдз ИхъуреягъымкIэ къикIухьу: 13. Адыгэ къэфэкIэ. 14. … и къуэ дзыгъуащэщ. 15. Чейм и «бгырыпх». 16. Пхъэм къыхэщIыкIа бжэмышхышхуэ. 17. Пашэ, бжьыпэр зыIыгъ. 18. Ахъшэ: гъущIхэкIыуи тхылъымпIэуи щыIэщ. 19. Ди гъунэгъу лIыжьым … хъарзынэ къигъэщIащ. 20. Бгым е къуршым и лъапэ. 21. ГъущI дыжьыныфэ-хужьыфэ: гъуаплъэм, жэзым къыхэщIыкIахэр гъуанэ хъуамэ, ирадыжу щытащ. 22. Муслъымэн диным зэрыжиIэмкIэ, зи щIалэгъуэр зэи имыкIыу жэнэтым ис хъыджэбз. 23. Зауэ зэманым нэмыцэхэм ящIыгъуу ди щIыпIэм къэкIуа лъэпкъ. 24. Зэхьэзэхуэм щытекIуа бригадэхэм ирату щыта щэкI плъыжь цIыкIу. 25. НысащIэр дэкIуа нэужь, япэу и дыщым зэрашэжым апхуэдэу йоджэ. 26. Къэбыр нэхъ IэфI щыхъур … теха нэужьщ. 27. ПхъащIэ Iэмэпсымэ. 28. Къамэ Iэпщэр абыкIэ ягъэщIэращIэ. 29. ЦIыхубзхэм, зрагъэдахэу, зыкIэралъхьэ хьэпшып. 30. Пшэр, зи ныбэр къежьа. 31. .. зыхэвэ нэхърэ — бжэн зыхэпкIэ. 32. Мэлыхъуэ пщыIэм и нэхъыжь. 33. Псыежэхым и цIэ, къуажэцIэ. 34. Уэрам зэв щыдэлъадэм, шууейм нэхъ … зищIащ. 35. Нарт хъыджэбз Iущ. 36. Щыгъыным хищIэ хьэпIацIэ. 37. Бжэныфэм къыхах къэп. 38. Абы «хъыршынкIи» йоджэ. 39. Ди унафэщIым … сыкъищIауэ нэщхъкIэ къызопыдж. 40. … ищтауэ, щIалэм Iэнэр иухъуэнщIащ. 41. Унэ блыныр щызэтеслъхьэм хуабжьу … сехьащ. 42. Унэ Iэзэвлъэзэвыжь цIыкIу. 43. ЩIэжьей. 44. Уэ сыбубу уэрамым узэрыдэтыр сощIэ, … къысхуахьащ. 45. Гъавэ, ерыскъыпхъэ хъумапIэ. 46. Пщыкъуэм и щхьэгъусэ. 47. Щыгъын. 48. … нэхърэ джэдыкIэ нэхъ Iущщ. 49. Къру лъэпкъым щыщ губгъуэ джэдкъаз пIащэ. 50. Аруан районым хиубыдэ къуажэ. 51. СССР-м и унафэщIу щытащ илъэси 10-кIэ. И лэжьэгъу гупыр щэхуу зэгурыIуэри, и къулыкъум пагъэкIащ. 52. ЩIакхъуэм и фэ Iув тежьыкIа. И кумкIэ кIуэуэ: 1. Былым Iус. 2. Гукъыдэж зимыIэ, зи гур иудауэ къэхъуа. 3. Къалэ, псыежэх. 4. Шыуанышхуэ. 5. Адыгэ лъэпкъ. 6. ТхъуцIынэ щIэпхумэ къанэ псыр. 7. Гъатхэм пасэу щIым къыхэж удз гъэгъа къащхъуафэ-шакъафэ цIыкIу. ЩоджэнцIыкIу Алий и усэхэм ар щигъафIэу щытащ. 8. Бжэр халъхьэн папщIэ унэм хащIыхь къэухь. 9. ЩIалэр зыщыхьам зэрыпэмылъэщынур къыщищIэм … зищIыжащ. 10. … имытмэ лъакъуэм и мыгъуагъэщ. 11. Бэзэрым къыщагъэсэбэп Iэмэпсымэ. 12. Хъарбыз … е хьэлыуэ … Гу зылъытапхъэ: ихъуреягъкIэ къэзыкIухь псалъэхэм зым и кIэухыр къыкIэлъыкIуэм и щIэдзапIэщ. Щапхъэ: дыд — дыдж — джэгу. Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ. Мэкъуауэгъуэм и 8-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр: ИхъуреягъкIэ къикIухьу: 13. Мэкъу. 14. Къум. 15. Мест. 16. Тыкуэн. 17. Нал. 18. Лу. 19. Уэгъу. 20. Гъуэбжэгъуэщ. 21. Щыгу. 22. Гулъэф. 23. Фоч. 24. Чыржын. 25. Нухь. 26. Хьэмбылу. 27. Уанэгу. 28. Гуу. 29. Уэркъ. 30. Къыкъ. 31. Къауц. 32. Ущ. 33. Щыхь. 34. Хьэкъырш. 35. Шылъэгу. 36. Гуэл. 37. Лашын. 38. Нэд. 39. Дэхъу. 40. Хъущт. 41. Таж. 42. Жэнэт. 43. Тхьэгурымагъуэ. 44. Псым. 45. Мэздэгу. 46. Гуэрэн. 47. НащэгъэфIэIу. 48. Iуэщхъу. 49. КъуийцIыкIу. 50. КIуащ. И кумкIэ кIуэуэ: 1. Амыщ. 2. Гъыркъым. 3. Къады. 4. Губгъуэ. 5. ХьэпащIэ. 6. Iулъхьэ. 7. Аркъэ. 8. Шумахуэ. 9. Абгъуэ. 10. Къэухь. 11. Аргъынэ. 12. Данэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28625.txt" }
Пщэдей Медицинэм и лэжьакIуэхэм и махуэщ ПщIэ зиIэ IэщIагъэ Си лэжьэгъу лъапIэхэ! Си гуапэу сынывохъуэхъу фи махуэшхуэмкIэ — Медицинэм и лэжьакIуэм и махуэмкIэ! Узыншагъэр хъумэн IэнатIэм нобэ псынщIэу зеужь, унэтIыныгъэ псоми зэхъуэкIыныгъэхэр щокIуэкI, абы къытхуегъэув фэрэ дэрэ — медицинэ IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэм, дохутырхэм, медсестрахэм — ди лэжьыгъэр едгъэфIэкIуэным дыхущIэкъуну. Ауэ зэхъуэкIыныгъэхэр сыт хуэдэу щымытми, сыт хуэдэ зэманми дохутыр IэщIагъэр зыхуэгъэпсар зыщ — цIыхухэм еIэзэнырщ. Аращи, дэ ди къалэнщ ар Iэзагъышхуэ пылъу зэрыдгъэзэщIэным дыхущIэкъуну, IэщIагъэ нэхъ гугъу дыдэм икIи пщIэшхуэ зиIэм хуэфащэу дыщытыну. Къэбэрдей-Балъкъэрым и мащIэкъым зи гъащIэ псор медицинэм тыхь хуэзыщIа дохутыр цIэрыIуэхэр, Iэзэхэр. Сыщогугъ ди щIэблэм щIыхь пылъу абыхэм я Iуэхум пащэну, хабзэ дахэхэр яхъумэу а IэщIагъэм пэжу пэрытыну. Дэтхэнэ медицинэ лэжьакIуэми и IэщIагъэм щыпхиш гъуэгуанэм ехъулIэныгъэ щиIэну си гуапэщ. Фэри фи благъэхэми сыныво- хъуэхъу узыншагъэ быдэ фиIэну, ефIэкIуэну , гуфIэгъуэр щытепщэ махуэ дахэ куэд фи гъащIэм хэтыну. Шэт Ирмэ, КъБР-м узыншагъэр хъумэнымрэ курортхэмкIэ и министр. ДифI догъэлъапIэ Сыт АфIэунэ Анатолэ зыгъэгумэщIыр? Дэтхэнэ цIыхуми и зыужьыныгъэр, абы гъащIэм щыпхишыну гъуэгур ар къыщалъхуа щIыналъэм, къэзыухъуреихь цIыхухэм зыкъомкIэ елъытащ. Мы тхыгъэр зытедухуа цIыху акъылыфIэр, IэщIагъэлI гъуэзэджэр, ныбжьэгъу пэжыр щIыпIэ дахэм икIи угъурлым щитIысыкIа Урыху (Къуэгъулъкъуей) адыгэ къуажэшхуэм щыщ къызэрыгуэкI мэкъумэшыщIэ унагъуэм къыщалъхуащ. Абы и адэ АфIэунэ Лэмэн къуажэм зи пщIэр щылъагэ лэжьакIуэшхуэу къекIуэкIащ. АфIэунэхэ зэрылъэпкъыу къапщтэмэ, къуажэм зи цIэ фIыкIэ щыжаIэхэм ящыщ зыщ. АфIэунэхэ цIыху цIэрыIуэ икIи щхьэпэ куэд къахэкIащ. Зыхэтым фIыкIэ къахэщу псэуахэм ящыщщ Лэмэн, Уэлий, Iэубэчыр, Хьэмзэтхъан, МэчрэIил, Мартин сымэ. Нобэ АфIэунэ лъэпкъыр ягъэбжьыфIэ Анатолэ, Аслъэн, Барэсбий, Владимир, Марат сымэ, нэгъуэщIхэми. АфIэунэ Анатолэ АфIэунэ Лэмэн и къуищым я нэхъыжьыр Анатолэти, ар сыт и лъэныкъуэкIи и къуэш нэхъыщIитIым щапхъэ яхуэхъурт. ЕджакIуэ нэхъыфI дыдэхэм ящыщу АфIэунэм 1952 гъэм жылэм дэт курыт еджапIэр къиухащ. И щIэныгъэм пищэну мурад щищIым, зригъэгъуэтыну IэщIагъэр къыхиха хьэзырти, Осетие Ищхъэрэм и къалащхьэ Орджоникидзе дэт, дохутыр IэщIагъэм щыхурагъаджэ институтым щIэтIысхьащ. 1958 гъэм ар ехъулIэныгъэкIэ къиухащ. Институт нэужьым и къуажэм къигъэзэжри, абы дэта дохутыр участкэм и унафэщIу лэжьэн щIидзащ икIи а IэнатIэм илъэсиплIкIэ пэрытащ. Лэжьыгъэшхуэ щызэфIигъэкIащ абы АфIэунэм. А зэманым къриубыдэу Анатолэ сымаджэщ унэжьым и пIэкIэ къуажэкум деж щIэуэ дригъэщIыхьащ икIи зыхуеину хьэпшыпхэмрэ IэмэпсымэхэмкIэ къызэригъэпэщащ. Къуажэдэсхэр хуабжьу къыхуэарэзыт, фIыуэ къалъагъут, езыри теп- лъэкъукI имыIэу, и къару емыблэжу лажьэрт. И лэжьыгъэм зэрыхущытыр къалъытэри, адэкIи и зэфIэкIым храгъэгъэхъуэн папщIэ, 1962 гъэм АфIэунэ Анатолэ Ленинград дэт клиническэ ординатурэм ягъэкIуащ. Абы кIуэн и пэ къихуэу, ар егупсысащ медицинэм и унэтIыныгъэхэм щыщу нэхъ куууэ зызыщигъэгъуэзэнум, ечэнджэщащ и адэмрэ абы и къуэшхэмрэ. Анатолэ и адэм мыпхуэдэу къыжриIащ: «Уэри зэрыпщIэщи, си щIалэ, узыфI щыIэкъым. Сыт хуэдэ узыфэри бгъэхъужыным мыхьэнэшхуэ иIэщ икIи псапэщ, ауэ псом хуэдэкъым нэм еIэзэныр. Арагъэнщ адыгэхэм, «Нэм япэ псэр ихуэ» щIыжаIэр. Нэ дохутыр IэщIагъэр къыхэпхмэ, ущIемыгъуэжын хуэдэу къысфIощI». Арати, АфIэунэр илъэситIкIэ а IэщIагъэм хуеджэжащ. 1964 гъэм ординатурэр ехъулIэныгъэкIэ къиухри и лъахэм къигъэзэжащ икIи Республикэ клиникэ сымаджэщым нэм щеIэзэ и къудамэм лэжьэн щыщIидзащ. Абы лъандэрэ илъэс щэ ныкъуэм нэблэгъащи, и зэфIэкIым хэхъуэу, зыхэт гупым я деж сыткIи щыщапхъэу, пщIэрэ нэмысрэ къыхуащIу мэлажьэ. IэщIагъэлI нэсу зыкъэзыгъэлъэгъуа АфIэунэр 1969 гъэм къудамэм и унафэщIу ягъэуващ икIи 2006 гъэ пщIондэ щIыхь пылъу а къалэныр игъэзэщIащ. И лэжьыгъэфIхэм папщIэ абы и цIэр куэдрэ фIыкIэ къраIуащ. Адрей псори къызогъанэри, сыт и уасэ медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, РАН-м и академик, дуней псом щыцIэрыIуэ щIэныгъэлI Чазов Евгений абы хужиIа псалъэхэр? Дохутырхэм я зэхуэсышхуэм къыщыпсалъэу абы жиIэгъащ: «АфIэунэ Анатолэ Лэмэн и къуэм хуэдэ дохутыр Iэзэ фиIэу фи сыма-джэхэр Москва нэс ныщIэвгъэкIуэн щыIэкъым. Псом хуэмыдэу, апхуэдэ гъуэгуанэр хьэлъэщ зи нэхэм фIыуэ ямылъагъу сымаджэхэм я дежкIэ». Зэрылажьэм хуэдэурэ АфIэунэм Ставрополь къалэм аспирантурэр къыщиухащ, и диссертацэр абы щыпхигъэкIри, медицинэ щIэныгъэхэм я кандидат хъуащ. И лэжьыгъэфIхэрщ къызыпэкIуар АфIэунэм къыфIаща цIэ лъапIэри. Ар Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыхь зиIэ и дохутырщ. Къэралым къыхуищIа гулъытэхэри, шэч хэмылъу, лъапIэщ, ауэ цIыхубэм къыхуаIэ лъагъуныгъэр, къыхуащI пщIэр, кърагъэз дзыхьыр куэд и уасэщ Анатолэ и дежкIэ. Анатолэ игъэпэжащ и адэм и уэсятыр. Сымаджэ хьэлъэ щыхъуам Лэмэн и къуэм къыжриIат: «ЦIыхур арэ-зы пщIыныр тыншкъым, гугъу дыдэщ гупышхуэ бгъэлэжьэнри. Блэжьырщ бгъуэтыжынур, узыхэтым задегъэкIу». Сэ щы- хьэт сытехъуэфынущ ар АфIэунэм зэи зэрыщымыгъупщам. АфIэунэр нэм щеIэзэ къудамэм и унафэщIу щыщытам, абы мыхьэнэшхуэ зиIэ къалэн куэд зэфIигъэкIащ. Апхуэдэу ар университетми медколледжми япыщIат, студентхэм лэжьыгъэ и пIалъэ Анатолэ и деж къыщащIэрт, район сыма-джэщхэм щыIэ, нэм щеIэзэ къудамэхэм я лэжьыгъэр зыхуэдэр зригъащIэрт, сыт и лъэныкъуэкIи абыхэм чэнджэщэгъуи дэIэпыкъуэгъуи яхуэхъурт. Тхьэмахуэм зэ поликлиникэм сымаджэхэм щахуэзэу илъэс 37-кIэ дагъуэншэу лэжьащ. АфIэунэм къыдэлэжьа дохутыр нэхъ IэкIуэлъакIуэхэм ящыщщ Айдаровэ Еленэ, Дым Зинаидэ (жэнэтыр унапIэ Тхьэм яхуищI), Гравдум Ольгэ, Мэржэхъу Риммэ, Сэ- ралъп Иринэ, ФочыщIэ Розэ, Гъэунэ Анжелэ, Аккуев Валентин сымэ. Медсестра нэхъыфIхэм хабжэ Къаныкъуэ Соня, Къущхьэунэ Майе, Хьэмыз Рае, Алэкъей Марьянэ, Хьэщэ Риммэ, Къуэдзокъуэ Аринэ, Блэныхь Иннэ, КIуэкIуэ Риммэ, Щоджэн Сусаннэ сымэ. Зи гугъу щIыпхъэр куэд мэхъу, дэтхэнэм я цIэр къипIуэн? Абыхэм къищынэмыщIауэ, фIыщIэ яхуэфащэщ санитаркэхэм, сымаджэхэм ерыскъы IэфIхэр яхуэзыгъэхьэзыр пщафIэхэм, нэгъуэщIхэми. Къудамэм цIыху 60 хуэдиз щолажьэ, абыхэм махуэ къэс сымаджэ пщIейм нэблагъэ зыхуей хуагъазэ. Зы илъэсым къриубыдэу мыбы операцэу миным нэблагъэ щащI. АфIэунэ Анатолэ и закъуэ зы илъэсым операци 100-м щIигъу ещI, абы нэмыщI, нэгъуэщI сымаджэ куэдми йоIэзэ. Къудамэм къыщIэхуэхэм яхэтщ сымаджэ хьэлъэ дыдэхэри. Куэдрэ къохъу зи Iэблэр яIыгъыу къаша е IэплIэкIэ къыщIахьа сымаджэр дэIэпыкъуэгъуншэу, и нэм нэхур илъагъужарэ и гуфIэгъуэр хуэмыухыу щыщIатхыкIыж. АфIэунэр къызэгъэпэщакIуэ гъуэзэджэу зэрыщытыр иджыри зэ наIуэ ищIауэ щытащ 1969 гъэм нэм щеIэзэ къудамэм и унафэщIу щагъэува зэманым. Къудамэм хьэпшып щIагъуэ щIэттэкъым зэхъуэкIын хуэмейуэ, тепIэнщIэлъынхэр лэжьат, щхьэгъубжэ Iупхъуэхэр хъыбий хъуат. А псори щIэкIэ ихъуэжын хуей хъуащ АфIэунэм. Абы илэжь дэтхэнэ зы Iуэхугъуэри зыхуэунэтIар сымаджэхэри и лэжьакIуэхэри нэхъ зэригъэтыншынырт икIи абы и лъэныкъуэкIэ хузэфIэкI къигъэнакъым. АфIэунэм унагъуэ хъарзынэ, псэукIэ дахэ иIэщ. И щхьэгъусэ Зоерэ езымрэ бынищ зэдапIащ. Я хъы-джэбз нэхъыжь Мадинэрэ я щIалэ Маратрэ я адэм и IэщIагъэр къыхахыжауэ, абы и лъэужьым ирокIуэ — нэ дохутыру мэлажьэ. Марат, медицинэ щIэныгъэхэм я кандидатщ, и адэм и пIэ иувауэ, 2006 гъэ лъандэрэ нэм щеIэзэ къудамэм и унафэщIщ. Япхъу етIуа-нэ Маринэ экономистщ, КъБР-м и ХъумапIэ банкым щолажьэ. АфIэунэхэ я бынхэри лэжьы- гъэм щыпэрытщ, зыхэтым фIыкIэ къахощ, цIыхугъэшхуэ яхэлъщ, фIыщIэрэ щытхъурэ яIэщ. АфIэунэ Анатолэ нэ узыфэхэм теухуа щIэныгъэ лэжьыгъэ купщIафIэу 26-рэ къыдигъэкIащ, нэ дохутырхэм я союзпсо, урысейпсо зэIущIэшхуэхэм мызэ-мытIэу хэтащ, «ЩIэныгъэ» зэгухьэныгъэм и лектору, КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымрэ курортхэмкIэ и министерствэм и нэ дохутыр нэхъыщхьэу илъэс куэдкIэ лэжьащ. Мы псори щыхьэт тохъуэ Анатолэ щIэныгъэ куурэ зэфIэкI лъагэрэ зэрыбгъэдэлъым, лэжьакIуэ емызэшу зэрыщытым. Абы и цIэр фIыкIэ щыIуащ ди республикэм и мызакъуэу, нэгъуэщI щIыпIэхэми. АфIэунэр зыгъэгумэщI Iуэхугъуэхэм я гугъу щищIым, хуабжьу и жагъуэ хъууэ къыхигъэщащ цIыхухэм я нэхъыбэр я щхьэм зэремыгугъужыр, ахэр я узыр хэтIэсэху дохутырым деж зэрымыкIуэр. «Псалъэм папщIэ, зи нэр узхэр къэсщтэнщи, и чэзум зэрызрамыгъэIэзэм и зэранщ узыфэр хэтIасэрэ сэбэп дазэрыхуэмыхъужыфыр, — жеIэ Анатолэ. — Нэхэм къалэнышхуэ ягъэзащIэ. Абыхэм я узыншагъэм куэдкIэ елъытащ дунейм и дахагъыр, жыпIэнурамэ, гъащIэм и IэфIагъыр нэсу зэрызыхэпщIэнур». Дохутырыр егъэпIейтей иужьрей зэманым фадэ ефэхэр куэд зэрыхъуам, а Iуэхугъуэм и зэранышхуэ нэхэм зэрекIыр куэдым къагурыIуэркъым. АфIэунэ Анатолэ къызэралъхурэ мы махуэхэм илъэс 80 ирокъу. А цIыху гъуэзэджэм, лэжьакIуэ емызэшым, ныбжьэгъу пэжым узыншагъэ быдэрэ гъащIэ кIыхьрэ иIэну сохъуэхъу. И IэщIагъэм и хъер илъагъуу, и бынхэмрэ и къуэрылъху-пхъурылъхухэмрэ яхуэузыншэу, иджыри куэдрэ цIыхухэм сэбэп яхуэхъуу адыгэлI нэсыр Тхьэм игъэпсэу. Ержыб Аслъэн. Елей Алим: Дохутырыр — ар емызэшу зи щIэныгъэм хэзыгъэхъуэн хуей IэщIагъэлIщ Елей Алим Анатолэ и къуэр ящыщщ ди къэкIуэнум фIыкIэ ухуэзыгъаплъэ щIалэгъуалэм. ГъащIэм щиубыдыну увыпIэр иджыри пасэу зыубзыхуа щIалэр нобэ ерыщу хущIокъу и гурылъхэр зэрызригъэхъулIэным. Абы и дуней еплъыкIэм, и гупсысэкIэм щыгъуазэ ухуэхъуа иужь, шэч къытепхьэркъым ехъулIэныгъэ инхэр иджыри къызэрыпэплъэм, дяпэкIи мызэ-мытIэу щIалэм и цIэр фIыкIэ зэрызэхэтхынум. Елей Алим Нарткъалэ дэт етхуанэ курыт школыр къиухри, 2004 гъэм ар щIэтIысхьащ КъБкъУ-м и медицинэ факультетым. Абы къы-кIэлъыкIуащ интернатурэр, иджыпсту щIэсщ Ростов дэт къэрал медицинэ университетым и ординатурэм. Апхуэдэу Елейр Ростов дэт къэрал медицинэ университетым щыIэ щIэныгъэлI, IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэм и япэ къуэдзэщ, а еджапIэм ГрантхэмкIэ и къудамэм и унафэщIщ. Апхуэдэу ар Москва Экономикэмрэ информатизацэмкIэ дэт дунейпсо институтым юрист IэщIагъэм заочнэу щыхуоджэ. Алим жыджэру хэтщ медицинэм теухуа щIэныгъэ зэхыхьэхэм, зэпеуэхэм. Абы игъэхьэзыра проект зыбжанэм грантхэр къыхуагъэфэщащ. Ар хэтащ 2012, 2013 гъэхэм Сколковэ къыщызэрагъэпэща урысейпсо, дунейпсо зэхыхьэхэм, нэгъуэщI куэдми. Елейм и къэхутэныгъэ лэжьыгъэу 30-м щIигъу къытехуащ дунейпсо, урысейпсо щIэныгъэ журналхэм. Патент зыхуэфащэ щIэныгъэ лэжьыгъэу плIы иIэщ. Iуэху зехьэкIэщIэхэмкIэ дунейпсо форумым хэтщ. Москва, 2012 гъэ — Алим, дохутыр IэщIагъэр къызэрыхэпха щIыкIэм и гугъу уэзгъэщIынут. — А IэщIагъэм пасэ дыдэу сыдихьэхащ. СыцIыкIуу, 4-нэ классым сыщIэсу арагъэнт, сыджалэри, операцэ сащIауэ щытащ. Абы щыгъуэм къызэIэза дохутырхэм набдзэгуб-дзаплъэу сакIэлъыплъат, псом хуэмыдэу нэхъ сыдэзыхьэхар хирургхэрат. Операцэ сызыщIа дохутырым и щытыкIэр, и хьэл-щэныр нобэми си нэгум щIэтщ. СыцIыкIуами, гу лъыстат абы сымаджэм хуиIэ бгъэдыхьэкIэм, езыхэри, я гугъапIэ псори абы ирапхауэ, ар къыщы-щIыхьэнум, къазэрепсэлъэнум зэрежьэм. Уеблэмэ, мыпхуэдэу зэхэсхауэ сигу къинэжащ: «Алыхьырщ, абы иужькIэ уэращ дызыщыгугъыр», — жаIэу. ГурыIуэгъуэт ар лэжьыгъэ гъэщIэгъуэн къудейуэ зэрыщымытыр, атIэ икIи жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъ къалэн гугъут. Ауэ уэ уи зэфIэкIкIэ, уи IэзагъкIэ цIыхухэм гукъыдэж ептыжыныр, абыхэм псалъэ гуапэ къыпхужаIэныр куэд и уасэщ. — Интернатурэр Республикэ клиникэ сымаджэщым щыбгъэкIуащ. Къыхэпха IэщIагъэм и щэхухэм нэхъ ухэгъуэзэнымкIэ ар япэ лъэбакъуэу жыпIэ хъунущ. — Пэжыр жыпIэмэ, лэжьыгъэр зыхуэдэр тIэкIу нэхъ пасэу згъэунэхуащ. Студенту сыщыщытами, сымаджэщым операцэхэр щащI и къудамэм санитару, медбрату сыщыIащ. Интернатурэм щыгъуэ дохутыр Iэзэхэу Мизиев Исмэхьил, Дзэгъэл Марат сымэ я нэIэм сыщIэту хирургием нэхъ куууэ сыхэгъуэзащ. Си IэщIагъэм теухуауэ куэд къыщысщIащ а дохутырхэм я деж. Сымаджэ щхьэхуэхэм сегъэбыдылIауэ, ахэр операцэм хуэзгъэхьэзыру, ар зэрекIуэкIым сыкIэлъыплъу, сэри абы сыщыхэт къэхъуу сылэжьащ. — Алим, а зэманым уи IэщIагъэм пылъ гугъуехьри жэ- уаплыныгъэри нэхъ зыхэпщIэн хуэдэу гукъинэж пщыхъуу Iуэхугъуэ гуэр урихьэлIа? — Хирургием махуэ къэс щекIуэкIыр апхуэдэщ. Дауэ мыхъуми, узрихьэлIэ Iуэхугъуэхэм яхэтщ нэхъыбэм уезыгъэгупсыс, куэд зэпэплъытын хуейуэ щытыкIэ уизыгъэувэхэр. Апхуэдэ сэри си нэгу щIэкIащ. ЩIэпхъаджащIэхэм уIэгъэ ящIауэ зы полицэ щIалэ сымаджэщым нашат. Ар хьэлъэт. Абы щыгъуэм Урысей Федерацэм и МВД-м и хирург нэхъыщхьэ, щIэныгъэлI цIэрыIуэ Войновский Евгений кърагъэблагъэри, абы Дзэгъэл Маратрэ сэрэ дригъусэу сыхьэт бжыгъэкIэ операцэ гугъу дыдэ тщIауэ щытащ. Нэхъыщхьэрати, а щIалэр къелащ. ИужькIэ, конференцэ сыхэтыну Москва сыкIуауэ, Войновскэм деж себлэгъауэ щытат. Операцэ тщIауэ щыта щIалэр ар зи унафэщI сымаджэщым яшауэ щIэлъти, ари сигъэлъэгъуауэ щытащ. ЩIыхьыцIэ зэхуэмыдэхэр иIэми, и цIэр фIыкIэ щIыпIэ куэдым щыIуами, сэ къызэрысцIыхуамкIэ, Войновский Евгений цIыху къызэрыгуэкIщ, зыкъыфIэщIыжауи гу лъыптэркъым. Сэ абы дэслъэгъуащ дохутыр нэсым хэлъын хуей хьэлыфI куэд. — Уэ узэреплъымкIэ, дохутырыр зэрыщытын хуейр сыт хуэдэу? — Псом хуэмыдэу абы щIэныгъэшхуэ бгъэдэлъын, Iэзагъышхуэ хэлъын хуейщ. Пэжщ, сыт хуэдэ IэщIагъэ къыхыумыхами, уи зэфIэкIым хэбгъахъуэ зэпыту ущытын хуейщ, ауэ псом хуэдэжкъым дохутыр IэщIагъэр. ЦIыхум и узыншагъэр, и гъащIэр зи IэмыщIэ илъыр щыуэн хуейкъым, уеблэмэ апхуэдэ хуитыныгъэ иIэкъым. Абы папщIэ дохутырым сытым дежи дэтхэнэ зы Iэмалри къигъэсэбэпу и щIэныгъэм хигъэхъуэн хуейщ. КIэщIу жыпIэмэ, дохутырыр лэжьэху еджэн хуейщ. КъищынэмыщIауэ, дохутырым гуапагъэ хэлъу, гулъытэ иIэу щытыпхъэщ. Узыр къеIэу къыпхуэкIуам узэрыдэIэпыкъуфынур зыхебгъэщIэфу, абы и дзыхь къуигъэзу щытын хуейщ. Абы щыгъуэм куэдкIэ нэхъ тынш хъунущ сымаджэм уеIэзэныр. «Дохутырым и псалъэ къудейри хущхъуэщ», — щIыжаIэм зыгуэр хэлъщ. Дохутырым Iулъхьэ Iихыныр къемызэгъщ. Ар абы и пщIэр езыудых хьэл Iей дыдэщ. Улахуэр мащIэщ жыпIэу, апхуэдэу уи щхьэр бгъэ-лъахъшэ хъунукъым. Иджыпсту щIэныгъэлI, дохутыр ныбжьыщIэхэм я зэфIэкIым хагъэхъуэным хуэлажьэу мылъку къызыпэкIуэ программэ куэд щыIэщ. Сыт ахэр къагъэсэбэп щIэмыхъур? Сэ сызэреплъымкIэ, дохутырыр икIи щIэныгъэлIу щытын хуейщ. Аращи, мис а бгъэдэлъ щIэныгъэми абы мылъку къыхихыфынущ. Дауэ? Гъэунэхуныгъэ лэжьыгъэхэр ирырегъэкIуэкI, медицинэм и зыужьыныгъэм хуэунэтIа проектхэр зэхрырелъхьэ, апхуэдэ къэхутэныгъэхэр зыщэху IуэхущIапIэхэр куэду щыIэщ. Апхуэдэущ хамэ къэралхэм я дохутырхэр зэрыпсэур, абыхэм улахуэшхуэхэр яIэу цIыхухэм къащыхъу щхьэкIэ. Пэжыр жыпIэнумэ, абыхэм ят налогыр нэхъыбэщ. Сэ сыщыIащ нэгъуэщI къэралхэм, сепсэлъылIащ дохутыр куэдым. Абы и лъэныкъуэкIэ жысIэфынуращи, куэдкIэ дакъыкIэрыхуркъым. Нобэ ди къэралым медицинэм зригъэужьыным гулъытэшхуэ хуещI, программэ гъэщIэгъуэнхэр зэхалъхьащ. Ди республикэми узыншагъэр хъумэн и IэнатIэр куэдкIэ ефIэкIуащ. Иджыпсту ди сымаджэщхэр зыхуэныкъуэ IэмэпсымэхэмкIэ фIы дыдэу къызэгъэпэщащ, сымаджэхэр пщIэншэу хущхъуэкIэ къызэгъэпэщынри зэтраублащ. — Алим, мы гъэ бжьыхьэм ординатурэр къыбоух. АдэкIэ сыт хуэдэ мурадхэр уиIэ? Укъыщыхъуа щIыналъэм къэбгъэзэжу ди цIыхухэм уахуэлэжьэну хьэмэрэ… — Къэзгъэзэжынущ, ауэ иджыпстукъым, къыхэсха IэщIагъэм и щэху псоми фIыуэ зыхэзгъэгъуазэмэ, лэжьыгъэ и пIалъэ къасщIэмэ. Ординатурэм и ужькIэ аспирантурэм си щIэныгъэм щыпысщэнущ. Си мурадщ дохутыру сылэжьэну, ауэ щIэныгъэ Iуэхури IэщIыб сщIынукъым. А тIур зэи зыр зым зэран хуэхъунукъым, уеблэмэ ахэр зэкIэщIэпч мыхъунщ. ИщхьэкIэ къыхэзгъэщащи, дохутырыр — ар емызэшу зи щIэныгъэм хэзыгъэхъуэн хуей IэщIагъэлIщ. — Упсэу, Алим! Уи мурадхэр къохъулIэну ди гуапэщ! Епсэлъар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28630.txt" }
Иужьрей къэбэрдей джэгуакIуэ Сыжажэ Къылъшыкъуэ къызэралъхурэ илъэси 150-рэ ирокъу Инуи цIыкIууи зы лъэпкъ дунейм тету къыщIэкIынкъым IуэрыIуатэ зимыIэ, ехьэжьауэ ар къэзымыгъэсэбэп. ЛIэщIыгъуэ зэкIэлъыкIуэ Iэджэм ар дэтхэнэ лъэпкъми къыдогъуэгурыкIуэ, и Iэпэгъущ, цIыху гъащIэм щIыпIэшхуэ абы щеубыд. Адыгэ гъащIэм абы щиIыгъа щIыпIэр игъэбелджылыуэ арагъэнщ лъэпкъ узэщIакIуэ телъыджэ Хъан-Джэрий 19-нэ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм щIитхыгъар: «Къыщалъхуа япэ махуэм къыщыщIэдзауэ дунейм ехыжыхункIэ адыгэм усыгъэр щIыгъущ». Зеикъуэ щыщ джэгуакIуэ цIэрыIуэ Сыжажэ Къылъшыкъуэ Аслъэнбэч и къуэр. (1863 - 1945) Ди IуэрыIуатэхэм ныбжьышхуэ яIэщ. Ахэм ди деж къахьэсыжащ зэзыгъэпэща лъэпкъым къикIуа и гъуэгуанэр, къызэринэкIа общественнэ формацэхэр зыхуэдэр, лъэпкъ тхыдэм пэжу къыщыхъуа Iуэху нэхъыщхьэхэр, пасэрей цIыхухэм я зэхущытыкIахэр, дин, хабзэ зэрахьахэр, хьэл-щэн яхэлъахэр, зэхэщIыкI, Iуэху еплъыкIэ зытетахэр. Ди жагъуэ зэрыхъущи, IуэрыIуатэ тхыгъэхэм ящыщ дэтхэнэ зыри щызэхалъхьа лъэхъэнэр иужькIэ зэхозэрыхьыж, зэхэгъэкIыжыгъуей мэхъу, ауэ я пщIэр абы щхьэкIи нэхъ лъахъшэ хъуркъым, а псор ди зэманым къэзыхьэсыжыну зыхузэфIэкIар IуэрыIуатэм и закъуэщ. Дэтхэнэ IуэрыIуатэми и къызэгъэпэщакIуэ нэхъыщхьэр, ар зи IэдакъэщIэкIыр гугъуехьакIуэ цIыхубэрщ. Урыс тхакIуэшхуэ Максим Горькэм и тхыгъэхэм ящыщ зым тэмэму гу зэрыщылъитащи, «ЦIыхубэр материальнэ хъугъуэфIыгъуэ псори зэзыгъэпэщ къару къудейкъым, атIэ ар духовнэ хъугъуэфIыгъуэхэми я япэ икIи гъунапкъэ зимыIэ хэкIыпIэщ, щIыгум и поэмэ, трагедие псори, абы и нэхъ ин дыдэ — дунейпсо щIэнгъуазэм и тхыдэри — зэзыгъэпэща, зи зэманкIи, зи дахагъкIи, зи творчествэм и акъылыфIагъкIи япэ философщ икIи усакIуэщ». Апхуэдэу щыт пэтми, IуэрыIуатэр лъэпкъым зэрыщыту и IэдакъэщIэкIыу къызэралъытэм къикIыркъым япэ щIыкIэ зэгурыIуэу, зы щIыпIэ деж щызэхуэсу псоми зэгъусэу ар зэхалъхьэу. Пэжыр жыпIэнумэ, IуэрыIуатэ тхыгъэхэр япэ зэхэзылъхьэр лъэпкъым и цIыху нэхъ акъылыфIэ джэгуакIуэ, усакIуэ, уэрэдусхэрщ. Абыхэм яусахэр къыдалъхуахэм гунэс ящыхъумэ, къызэдащтэ, жьэкIэ зэIэпахыурэ ахэр зрагъащIэ, псоми ягъэзащIэу щIадзэ, иужькIэ нэгъуэщIхэри ахэм хэлэжьыхьыжым, ирагъэфIакIуэурэ лIэщIыгъуэкIэрэ къогъуэгурыкIуэ. Хабзэуи зэрыщытщи, IуэрыIуатэ зэзыгъэпэщ лъэпкъхэм ящыщу джэгуакIуэ зимыIэ щыIэкъым, сыт хуэдэ фIэщыгъэцIэхэр ахэм зэрамыхьэми. Ди деж пхужымыIэну къалэн телъыджэ щагъэзэщIащ джэгуакIуэхэм. Ди адыгэ щIэныгъэлIхэм я мызакъуэу, нэгъуэщI лъэпкъхэм къахэкIахэми пасэу гу лъатащ адыгэхэм егъэлеяуэ лъагъуныгъэшхуэ ахэм зэрыхуаIэм, къалэн зэхуэмыдэ Iэджэ абыхэм зэрагъэзащIэм. Нэгумэ Шорэ и деж къыщыщIэдзауэ иджырей ди щIэныгъэлIхэм къэс блэкIа лIэщIыгъуэхэм ди лъэпкъым къызэригъэпэща хъугъуэфIыгъуэ телъыджэхэр зэхэзылъхьа, зыхъума, ди цIыху акъылыфIэхэм псалъэ гуапэ яхужызымыIарэ я щIыхьыр къызэраIэтыным ерыщу яужь имытарэ зыри яхэткъым. Ди цIыхухэм я пащхьэм адыгэ джэгуакIуэхэм зэфIэкIрэ пщIэ лъагэу щаIамрэ нэхъ гукъинэжу, пэжу къэзыгъэлъэгъуар Максим Горькэрщ. И тхыгъэхэм ящыщ зым адыгэ джэгуакIуэхэм ятеухуауэ абы мыр щитхыгъащ: «…Кавказым, Къэбэрдейм екIуэлIапIэншэу псэу усакIуэ-джэгуакIуэхэр зэрыщыIэрэ куэд щIакъым. ЗыхущIэкъумрэ къарууэ бгъэдэлъымрэ абыхэм ящыщ зым мыпхуэдэущ къызэриIуэтэжыр: «Сэ си зы псалъэкIэ, къэрабгъэр лIыхъужь сощIыф, и лъэпкъыр ихъумэжыфу, дыгъуэгъуакIуэр гъуэгу пэж тызошэж, сэ сытеплъэ хъуркъым дэтхэнэ зы бзаджащIэми, сэ емрэ пцIымрэ срабийщ». Ди тхакIуэхэм ящыщ гуэрхэм, дауи, залъытэж «культурэм пэIэщIэ» а къэбэрдей усакIуэм нэхърэ езыр нэхъ лъагэу. А джэгуакIуэм и къалэныр зэрищIэжым ди тхакIуэхэри хунэсатэмэ, усыгъэм и къару лъэщыр, а джэгуакIуэм и фIэщ зэрыхъум ещхьу, мыдрейхэми ар къагурыIуэ хъуатэмэ аратэкъэ», — жиIэгъат Алексей Максимович. Адыгэ IуэрыIуатэ налкъутыр зи IэдакъэщIэкI джэгуакIуэ минхэм я цIэхэр, ди жагъуэ зэрыхъущи, къызэтенакъым, ахэр дэ зэи тхузэфIэгъэувэжынуи къыщIэкIынкъым. Ауэ 19-нэ лIэщIыгъуэм и етIуанэ, 20-нэм и япэ Iыхьэхэм псэуа джэгуакIуэ зыбжанэм я цIэхэм ноби дыщыгъуазэщ, абыхэм ящыщ зырызхэм зэфIэувэ лъэпкъ тхыгъэ литературэм хэлъхьэныгъэфIхэр хуащIыныр яхузэфIэкIащ. Зи ахърэтыр нэху хъун Нало Заур иужь дыдэу къыдигъэкIа «Институт джегуако» тхылъым адыгэ джэгуакIуэ цIэрыIуэ зыбжанэм я цIэ къыщреIуэ, ауэ абыхэм ящыщу дэ дызыщыгъуазэр зэрыхъур зытхухщ — Агънокъуэ Лашэ, Теувэж Дзыгъуэ, ПащIэ Бэчмырзэ, Мыжей Сэхьид, Сыжажэ Къылъшыкъуэ, ХьэхъупащIэ Амырхъан, Къэжэр Индрис сымэщ. Художественнэ талант ябгъэдэлъакIи, зэхэщIыкI, Iуэху еплъыкIэ зытетакIи, къалэн ягъэзэщIакIи ахэр езыхэри зэщхьтэкъым, гу лъытэгъуейми, зэщхьэщыкIыныгъэ гуэрхэр абыхэми яIэжщ. Ахэм я зэхуэмыдэныгъэр нэхъ тэмэму, гупсэхуу зэхигъэкIыну яужь япэ ихьар лъэпкъ щIэныгъэлI щэджащэ Нало Заурщ. Адыгэ джэгуакIуэхэр Налом гупиплIу егуэш. Абыхэм ящыщ дэтхэнэ зыми нэщэнэ ядилъагъухэм дакъытеувыIэнкъым, ауэ япэ гупым хэтхэм нэхъ пыухыкIауэ датепсэлъыхьынщ, ди лэжьыгъэр зытеухуа джэгуакIуэр абы зэрыхигъэхьам къыхэкIкIэ. Япэ гупым хэтхэм я шыфэлIыфэр игъэбелджылыуэ, Нало Заур «Институт джегуако» и тхылъым мыпхуэдэу щетх: «…адыгэ литературэхэмрэ (адыгей, къэбэрдей, шэрджэс) ди тхыбзэ щэнхабзэмрэ щызэфIэувэ, зыщаужь лъэхъэнэхэм усакIуэ-уэрэдус нэхъ жьы дыдэ щыIахэм нэхъ ещхьу къэплъытэ хъунущ усакIуэ-ажэгъафэ къалэнхэр зыгъэзащIэу щыта пасэрей джэгуакIуэхэу Агънокъуэ Лашэ, Сыжажэ Къылъшыкъуэ, Мыжей Сэхьид сымэ хуэдэхэр. А гупым хыхьэ ди лъэпкъ усакIуэхэм я нэщэнэ нэхъыщхьэр ахэм уэрэд — усэ зэхэлъхьэным бгъэдыхьэкIэ зэхуэмыдитI зэрыхуаIэрщ. Ахэр яфIэщу хущытщ лъэIукIэ ирагъэтх уэрэдхэм, нэхъыбэуи гъыбзэхэм. Языныкъуэм ятх уэрэдыр зытещIыхьа Iуэхумрэ абы хэтхэмрэ пэжу къызэрагъэлъэгъуэным ахэр тхьэмахуэкIэрэ егупсысырт, абы къыдэкIуэуи дунейм ехыжам и благъэхэм ягу щыщIэр къызэраIуэтэным хущIэкъурт, я тхыгъэм хэт лIыхъужьыр и Iыхьлыхэмрэ цIыхубэмрэ я псэм нэхъ дыхьэн щхьэкIэ… Ахэр нэхъ Iэпэдэгъэлэлу бгъэдыхьэрт гушыIэ уэрэдхэмрэ импровизацэмрэ». ЩIэныгъэлIым жиIэм тепщIыхьмэ, зи цIэ къитIуа лIищыр я IуэхущIафэкIи, къалэн зэмылIэужьыгъуэ ягъэзащIэмкIи, я зэхэщIыкIкIи нэхъ пэгъунэгъущ пасэрей адыгэ джэгуакIуэ цIэрыIуэ щыIахэм. Ди цIыхухэм я гуфIэгъуи я нэщхъеягъуи ахэрт дэзыхыр, къекIуу, хабзэ зекIуэхэм, щыIэхэм тету ахэр езыгъэкIуэкIыр, зэхыхьэр езыхьэжьа лъэпкъым и щIыхьыр къэзыIэтыр. Абыхэм я къалэным хыхьэрт шыкIэпшынэ еуэнри, бжьамий епщэнри, уэрэдхэр гъэзэщIэнри, хьэтиякIуэу щытынри, гуфIэгъуэ зэхуэсым кърихьэлIахэм я нэгу зегъэужьынри. Муслъымэн диныр ди лъэпкъ щхьэхуэхэм къыщащтам, абы и лэжьакIуэхэм джэгуакIуэхэр зэхэзехуэн щащIаи, ахэр яукIыу, лъахэм ирахуу щыщытаи щыIащ, ауэ, сыт ирамыщIами, абыхэм я лъапсэр хъийм икIа дин лэжьакIуэхэм яхуэгъэгъущакъым. Тхыбзэ зи- мыIэ, ар къэзымыгъэсэбэп лъэпкъыр джэгуакIуэхэм хуэныкъуэт, арыншамэ псэуфынутэкъым. Ахэрт лъэпкъ тхыдэмрэ IуэрыIуатэмрэ я хъумакIуэхэри, екIуэкI гъащIэм и щытыкIэ пэжыр къэзыгъэлъэгъуахэри, къыдалъхуахэм Iуэхутхьэбзэ нэс яхуэзыщIэхэри. Аращ диным и лэжьакIуэхэм джэгуакIуэ псэемыблэжхэм зыри щIахуемыщIари, ди гъащIэм зэхъуэкIыныгъэ инхэр къыщызыгъэхъуа Октябрь революцэм и пэ лъэхъэнэхэми иужькIэ зэфIэува гъащIэщIэм и зэманми абыхэм я творческэ лэжьыгъэр щIызэпымыуар, яхузэфIэкI абыи халъхьэныр къащIехъулIар. Зи творческэ лэжьыгъэр зэфIэувауэ псэукIэщIэм кърихьэлIа адыгэ джэгуакIуэхэр, ар къэзэуным хэлъхьэныгъэ щIагъуэ хуамыщIами, псори абы гуапэу IущIащ, куэдкIэ щыгугъыу зэрыщытами шэч хэлъкъым. ЖылагъуэщIэ зэфIэувэм джэгуакIуэхэм зэфIэкIышхуэхэр зэрабгъэдэлъыр пасэу къыгурыIуэри, япэ махуэхэм къыщыщIэдзауэ ахэр и лъэныкъуэ къызэрищIыным яужь итащ: орден лъапIэхэмрэ цIэ лъагэхэмрэ къыхуагъэфэщащ, уэрэджыIакIуэ гуп къызэрагъэпэщахэм улахуэ ирату ягъэлэжьащ, я IэдакъэщIэкIхэр къыдагъэкIащ, абыхэм ящыщ куэд урысыбзэкIэ зэрадзэкIахэщ. Апхуэдэ насып зэуэлIахэм ящыщщ Теувэжри, Мыжейри, Сыжажэри, ХьэхъупащIэри, Къэжэрри. Адыгэ лъэпкъхэми тхыбзэ яIэ, ар къагъэсэбэп зэрыхъуам и фIыгъэкIэ, IуэрыIуатэм и гъукIэгъэсэн а джэгуакIуэхэм я тхыгъэхэр, жьэкIэ мыхъуу, тхыгъэкIэ зекIуэ хъуащ, литературэ зэфIэувэм ижь уэр къазэрыщIихуам и фIыгъэкIэ я зэхэщIыкI, дуней еплъыкIэхэр хэпщIыкIыу ефIэкIуащ, я художественнэ Iэзагъым нэхъ заузэщIащ. ЩIэныгъэ зэрыбгъэдэмылъым и зэранкIэ лъэпкъ литературэм хэмыхьэфами, гъащIэщIэм и лъэхъэнэхэрщ къыщалъхуа и махуэ лъапIэр мы илъэсым дгъэлъапIэ адыгэ джэгуакIуэ гъуэзэджэ Сыжажэ Къылъшыкъуэ и творчествэм зыщиужьар, жылагъуэщIэ зэфIэувэр IуэрыIуатэм и художественнэ IэмалхэмкIэ япэу зыгъэлъапIэу щIэзыдзар. ДжэгуакIуэм къыщIэна паспортым зэритым трищIыхьри, Нало Заур Сыжажэ Къылъшыкъуэ Аслъэнбэч и къуэр къыщалъхуауэ къилъытар 1863 гъэрщ. Джэгуа-кIуэм и творчествэм теухуа лэжьыгъэ псоми нобэр къыздэсым къыщыхьар а илъэсырщ. Псалъэмакъ кIыхь дэри абы етщIэкIынкъым, ауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым июлым и 12-м 1939 гъэм ехьэжьауэ щагъэлъэпIащ Сыжажэм и юбилейр. «Сыжажэ» псалъэр къызытекIар нобэкIэ зэхэгъэкIауэ щыткъым, ауэ а лъэпкъым ныбжьышхуэ иIэщ. Языныкъуэхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, нэгъуэщI лъэпкъхэу Чэрэчанэхэрэ Лоуэхэрэ къазэрыхыхьам ар нэхъ ин ищIащ. Ди цIыхухэм зэрагъэбелджыламкIэ, иджыпсту Сыжажэ лъэпкъым щыщу Къэбэрдейм щыпсэур унагъуэ 260-м нос, ахэм псоми зэунэкъуэщу забжыж. Сыжажэхэ нобэ дэсщ ХьэтIохъущыкъуей Ипщэмрэ Ищхъэрэмрэ, Жанхъуэтекъуэ, Псыхъурей, ПсыкIэху, Псынэдахэ къуажэхэм. Тэмэму зэхэгъэкIауэ щыткъым Сыжажэ лъэпкъыр зыщыщри. Нэхъ ипэIуэкIэ Нало Заур итха и лэжьыгъэхэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, джэгуакIуэр къызыхэкIар мэкъумэшыщIэ унагъуэ къулейсызщ. Ауэ щIэныгъэлIым иужьрей и IэдакъэщIэкI «Институт джегуако» тхылъым щыжыIар нэгъуэщIщ. Абы зэрыщытхамкIэ, Аслъэнбэч и бынунагъуэр къулейсыз хъуа уэркъхэм ящыщщ, Ботэщей къыдэкIа Абазэхэ, Дохъушыкъуей къыщалъхуа Агънокъуэхэ хуэдэу. ЛэжьакIуэ къызэрыгуэкIым къыхэкIамэ, тхакIуэ-усакIуэхэр гугъуехьакIуэм нэхъ пэгъунэгъуу къалъытэу щыIа Iуэху еплъыкIэ пхэнжым и зэрану щытми, и Iыхьлы-благъэхэм къызэраIуэтэжымкIи, Зеикъуэ щыщ тхакIуэ цIэрыIуэ Къэрмокъуэ Мухьэмэд щыхьэт зэрытехъуэм- кIи, Сыжажэ Къылъшыкъуэ и унагъуэр къызыхэкIар уэркъ лъэпкъщ, иужькIэ уэркъ щIыхьыр хуэфащэу зэрызэрихьэн мылъку бгъэдэмылъыжами. ПщылIыр IуагъэкIыжа нэужь, мылъкуи зыбгъэдэмылъыжу, унэIути зимыIэжу къэна адыгэ уэркъ минхэм, пасэм зызыщадзейуэ щыта мэкъумэшыщIэхэм ещхьу, нэгъуэщIхэм щымыгугъыжу, я гуащIэдэкIкIэ я щхьэ ягъэпсэужын хуей мэхъу. Аращ Аслъэнбэч и мызакъуэу, Iуэху зыщIэфу унагъуэм къахэтэджыкI абы и къуэхэу Къылъшыкъуи, Тэркъани, Хьэжумари вэнри, сэнри, Iэщ гъэхъунри я пщэ къыщIыдэхуэр, къызэрыгуэкI мэкъумэшыщIэ хъуныр къызыхэкIыр. Сыт и щхьэусыгъуэми, и щIалэгъуэм къыщыщIэдзауэ Къылъшыкъуэ шым нэхъ дехьэх, шыхъуэу япэу лIыщIэн щIедзэ. А къалэнри абы щигъэ-защIэр щыпсэу и къуажэркъым, атIэ я гъунэгъу Ашэбейщ (иджы зэреджэр Малкэщ). Гъэмахуэхэр Дзэлыкъуэ, Къущхьэхъухэм щигъакIуэми, илъэс зыкъомкIэ а жылэм абы и лъэр щызыубыдар, къызэрыщIэкIымкIэ, ар зыхуэлIыщIэ Фомыт Айтэч ипхъу КIуакIуэт. НыбжьыщIитIыр фIыуэ зэрызэрылъэгъуар ящIэ пэтми, нэхъ хуэщIауэ, зыхуей зыгъуэту псэу унагъуэм я пхъур шыбзыхъуэ къызэрыгуэкIым, бынунагъуэшхуэм къыхэкIам, дамыгъэкIуэн щхьэкIэ, уасэшхуэ къыпаубыд, ар зэримытыфынур фIыуэ ящIэри. Хъыджэбзым и адэ мылъкум итхьэкъуам я насыпыр икъутэну яужь зэрихьар къызыгурыIуа ныбжьыщIэми, абы и пэ къихуэу усэ гуэрхэр зэхилъхьэу щIидзати, тогушхуэри адэ нэпсейм ауан уэрэд хуеус. Къуажэм зи цIэр IейкIэ хэIуэныр зыфIэмыдурыс, абы фIэлIыкI Фомытхэ йокIуэтыж, тобэ къахьыж, яфIэмыфIыщэми, уасэр ягъэмащIэри, я пхъур Зеикъуэ щIалэм ират. Зэнэзэпсэу илъэс 50-м щIигъукIэ зэдэпсэуа зэщхьэгъуситIым унагъуэ хъарзыни ягъэпсащ, языныкъуэхэр пасэу дунейм ехыжами, бын пщыкIутI зэдагъуэтащ. А лъэхъэнэхэм лъэпкъ джэгуакIуэхэм яхэтащ а IэщIагъэм ирипсэу, ар мылъку хэкIыпIэ зыхуэхъуахэри. Ауэ и Iэзагъ-зэфIэкIкIэ апхуэдэхэм къакIэрымыхуу, яхуэдэу щыта щхьэкIэ, революцэм и пэ къихуэ зэманхэм Къылъшыкъуэ къызэрыгуэкI мэкъумэшыщIэу щытащ, и унагъуэр зэригъэпсэури и гуащIэдэкI хьэлэлкIэ къилэжь- рат. И бынхэм къызэраIуэтэжымкIэ, зыхузэфIэкI и къуажэгъухэм ехьэ-ехуэу зэрыпсэуфын нэгъуэщI зы IэщIагъэ хъарзыни абы иIащ: ар фащIэ Iэзэт. Шы Iэмэпсымэрэ Iэпслъэпсу абы имыщIыф щыIэтэкъым, и IэдакъэщIэкIхэми апхуэдизу теплъэ дахэрэ щIэупщIэшхуэрэ яIэти, ахэр зылъагъухэр къехъуапсэрт, абы и IэрыщIхэр зрагъэгъуэтыным псоми я нэ къыхуикIырт. ФащIэ Iэзэ хьэлэлми лъэIуакIуэ къыхуэкIуэхэр хуэгъэщIэхъуртэкъым, уасэкIи япэ щIыкIэ ягурыIуэртэкъым, абы къыхэкIкIэ лэжьыгъэм пщIэ гуэр щIэтын зэрыхуейр, ар зэрыхабзэр куэдым зыщагъэгъупщэрт, езым зыри зэрыжимыIэнур ящIэрти. ыжажэ Къылъшыкъуэ и щхьэгъусэ КIуакIуэ и гъусэу. Зеикъуэ къуажэ,1939 гъэ Сыжажэ зэшищыр лIыпIэ иувэу унагъуэ зэрагъэпэща нэужь, адэжь лъапсэм зэпэгъунэгъуу унэ зырыз иращIыхь. Лэжьыгъэм къыщыдэхуэ зэманхэм зэкъуэшищымрэ хьэблэ лIыжьхэмрэ зэштегъэупIэрэ псэлъапIэу яIар Дзару и фIэщыгъэцIэу Сыжажэхэ я щIапIэм ита Iуащхьэжьырщ. ЗэрыхуэбгъэфэщэнкIэ, а хьэблэ зэхуэсыпIэм япэу белджылы щыхъуагъэнщ Къылъшыкъуэ псэлъэкIэ Iэзэу, IуэрыIуэдзу, гушыIэрейуэ зэрыщытыр, и IэщIагъэм и зы хэкIыпIэ ар зэрыхъуами шэч хэлъкъым. Сыт хуэдэ лэжьыгъэми зыщимыдзейуэ, IэщIагъэ хъарзыни иIэу щыта щхьэкIэ, Къылъшыкъуэ и унагъуэр зыхуей игъуэту псэуагъэнукъым. Ар зыцIыхуу, хуэзауэ щытахэм абы пасэм и псэукIам теухуауэ зыри къаIуэтэжакъым, ауэ лIыпIэ иува нэужьи ар тхьэмыщкIагъэм къызэрыхэмыкIыфар белджылыуэ къыхощыж абы и деж щатхыжа и гукъэкIыжхэм. А илъэсхэм и унагъуэр зыхэта къулейсызыгъэр имыбзыщIу абы мыпхуэдэу къеIуэтэж: «ХьэтIохъущокъуэ пщым уэрэд зэрыжысIэфыр къищIа нэужь, абы и ефэ-ешхэхэм сэ сригъэблагъэу щIидзащ икIи бжэ щIыхьэпIэм сыIуту езымрэ и хьэщIэхэмрэ сэ уэрэд яжесIэрт. Языныкъуэм махъсымэ зэрыт фалъэр абы къысхуишийрт икIи сэ ар абы къыIэщIэсхырти, щхьэщэ хуэсщIурэ щIыбагъкIэ бжэм сыкъекIуэтэлIэжырт. Языныкъуэм, мэкъуауэгъуэм щигуащIэгъуэм, сэ увыIэгъуэ симыIэу сыщыту махуиплI-жэщиплI зэкIэлъыкIуэм пщым и нэгу зыщезгъэужьа къэхъуащ. Абы щыгъуэми си гур гуауэм ихузырт, пщы къулейхэр зыхэта зауэхэмрэ я ефэ Iэнэхэмрэ теухуа дэрэжэгъуэ уэрэдхэр сэ яжесIэн хуейт, ауэ сэ сщIэрт си унэм мэжаджэ къызыхащIыкIын хьэжыгъэ зэрыщIэмылъыр». Макъ имыIэмэ, зыми уэрэд къекIуу зэрыжимыIэфым ещхьу, джэгуакIуэ зыри хъуркъым, ар къыдалъхуауэ щымытмэ, зэчий абы бгъэдэмылъмэ. Ауэ абы зиужьын щхьэкIэ, ар къызэщызыгъэун щхьэусыгъуэ иIэн, хуэзэн хуейщ. КъежьапIэ абы хуэхъури куэд мэхъу, ахэр зыхуэдэхэри пасэу къыпхуэхутэнукъым, занщIэуи пхузэхэгъэкIынукъым. Иджыри къыздэсым дыщыгъуазэу щымытами, къызэрыщIэкIымкIэ, и щIалэгъуэм, и насып кърихьэкIри, джэгуакIуэ гъуэгум тезыгъэувэн абы къигъуэтащ. Псалъэм папщIэ, макъамэм я зэфIэкIыр, я мыхьэнэр а ныбжьыщIэм япэ къыхузэIузыхар, къыгурызыгъэIуар и анэм и адэрщ. Абы и цIэр Къылъшыкъуэ къримыIуэ щхьэкIэ, ар джэгуакIуэу зэрыщытам шэч хэлъкъым. Адэшхуэм къыхуищIар зыщымыгъупща, IэфIу зигу къина пхъурылъхум и гукъэкIыжхэм ар мыпхуэдэу къыщиIуэтэжыгъащ: «А уэрэдыр мэлыхъуэхэм я бгъуэнщIагъым си анэм и адэм къыщызжиIащ. Абы къыщыщIэдзауэ ауэ къызэрыгуэкI бжьамийр сэ фIыуэ слъэгъуащ. Си адэшхуэм сэ сигъэсащ пасэрей лIыхъусэжьхэмрэ (рыцарь къокI) лIыхъужьхэмрэ ятеухуа уэрэдхэр жысIэфу. Абы езыми уэрэд Iэзэу зэхилъхьэрт. Сэри сигъэсащ уэрэд дахэ къекIухэр зэхэслъхьэу. Ахэр сытым щыгъуи щIэныгъэм имыпсыхьа си щхьэм щызеуэрт». Сыжажэ Къылъшыкъуэ усэ- хэр зэхилъхьэу щыщIидзар зэфIэгъэувэжыгъуафIэкъым. Революцэм и пэ къихуэу абы иусахэм ящыщу ди деж къэсыжар куэд хъуркъым, ахэр дэ зэрытфIэкIуэдами шэч хэлъкъым. Ауэ къызэтенауэ щыIэхэм, зэкIэ дызыщыгъуазэхэм тепщIыхьмэ, абы япэ зэхилъхьэу зыщIидзар ауанрэ гушыIэкIэ гъэнщIа хъуэр усэхэрщ. Сэмэркъэуэныр сытым щыгъуи зимыжагъуэ, IуэрыIуэдзыныр къызыдалъхуа, зимымыхьэмышх щIалэм щIэнэкIалъэ ищIын гъунэжу гъащIэм къыщегъуэт, и щхьэкIэ и нэгу щIэкI, зэхих дэтхэнэ зы Iуэху дыхьэшхэнми пэмыджэжу, зэрыхущытыр къимыгъэнаIуэу блэкIыфыркъым, ахэрщ япэ и тхыгъэхэми лъабжьэ яхуищIыр. ДжэгуакIуэм теухуа лэжьыгъэхэм пэжу зэрыщыжыIащи, Сыжажэм и творчествэм къежьапIэ хуэхъуар Ашэбей къуажэрщ, алыдж усакIуэхэм я Iуащхьэ цIэрыIуэ Парнасым хуэдэу. ЛIыпIэ иува щIалэр, зэрыжытIащи, илъэс заулкIэ а къуажэм шыхъуэу щыIащ, абы щилъэгъуа Iуэху пыухыкIа зытIущыр и тхыгъэхэм лъабжьэ яхуэхъуащ. ЗэрыхуэбгъэфэщэнкIэ, джэгуакIуэм япэ и Iэдакъэ къыщIэкIа тхыгъэр зытещIыхьар Ашэбей ныбжьыщIэхэм къащыщIа зы щIэщхъущ: мэзым банашэ кIуа щIалэщIэ гупым япэу къаIэщIэлъэгъуа мэз бжэныр кхъуэ пIащэ къафIэщIу, зэрыгъащтэу, жылэм къызэрыдэлъэдэжарщ. Ар зи нэгу щIэкIа гушыIэрей ашэбейдэсхэр абы куэдрэ иридыхьэшхыу, псоми ахэр ауан ящIу къэгъуэгурыкIуащ. УзыщIэмынэкIэнкIэ Iэмал зимыIэ лIыгъэншагъэ а ныбжьыщIэхэм къалъыкъуэкIам Сыжажэми пэмыджэжын хузэфIэкIыркъым, ахэм къащыщIа напэтехым ауанрэ гушыIэкIэ гъэнщIа уэрэд хузэхелъхьэ: Сэрмакъ аузыр уи нэшэкъашэщ, Банашэ кIуахэр ажэм къехуж: Къуийхэ фи БатIэр зэрыщэныбэ, Зы кхъуэ бын къэкIуатэмэ, Зэрыжылэу фигъэIэпхъуэнти! Мэзым фызогъэIэпхъуэри кхъуабэщ, Ищхъэрэ банэми щынэхъыбэжщ, ФызгъэкIэсынути, си шым фихьынкъым. Мыващхьэр псыхъуэм и хъушэщ — СэреишхуэкIэ зыкъэфщIыхьыж! Зэрыщыту жылэм, щIэщхъу къызыщыщIа щIалэхэм я щIыхьыр тIэкIу къэлъэхъшами, апхуэдэ гушыIэхэр къызыгурыIуэ къуажэдэсхэм уэрэдыр уэим ящIакъым, я щхьэ ирагъэжакъым, хэбгъэзыхьмэ, занщIэуи ягу ирихьащ, зэпадзыжу ягъэзащIэуи щIадзащ. Япэ зэхилъхьа и уэрэдыр жылэм ягу зэрыдыхьар, зэдэарэзыуэ къызэращтар хэхэс щIалэм и гуапэ хъуащ, зыщIидза Iуэхум нэхъ зэрыригушхуами шэч хэлъкъым. Куэд дэмыкIыу, етIуанэ и уэрэдым лъабжьэ хуищIын зэрымыщIэкIэ абы къигъуэтащ. Ашэбей щыщ зыхуэлIыщIэ Агъухэ Къылъшыкъуэ къолъэIу, зыри зыхуемыщIэ, Iуэхуншэу дэс, зыми хэмызагъэ я шынэхъыщIэр Къущхьэхъу здишэу цIыху хэтыкIэрэ лэжьэкIэрэ иригъэщIэну. ЗыхуэлIыщIэхэр хуэмыгъэщIэхъуу, зыгуэр къызэрыхищIыкIыфынуми шэч къытримыхьэжу, Къылъшыкъуэ арэзы тохъуэри, щIалэр хъупIэм здешэ. А мазэ зыщыплIым мыхъумыщIагъэрэ ныкъусаныгъэу абы дилъэгъуам Къылъшыкъуэ игу зэщагъауэ, къагъэгубжь, уэрэдкIэ ар хэIущIыIу щIыпхъэуи къелъытэ, езыми зригъэщIэжын, нэгъуэщIхэми ар зыхуэдэр яригъэлъагъун щхьэкIэ. А илъэс дыдэм абы зэхелъхьэ джэгуакIуэм и цIэр нэхъри фIыкIэ зыгъэIуа «ЦIыкIуэ къуий и уэрэдыр». Апхуэдизу игу зэбгъа цIыху мыкIуэмытэм ныкъусаныгъэу абы къыхуигъуэтым кIэи пэи иIэжкъым: Уи уэрэдыр едзыгъуиблу изогъажьэ, Уи плъырэгъур жьэрэIурэщ, къыпхуоусэ, Пхъэ гъэсыну урыс унэр къыбокъутэ, Ди пхъэкъутэ, ди уэщ закъуэр къэбгъэкIуэдщ, Си шы щIыб кIуэда мыгъуэм укъэшэсщ, И джабитIыр къамышыкIэ уэ къыщIэпхущ, ЦIыкIуэ къуий!… Ар, жэщищ-махуищкIэрэ уэ укъот, Уэр, еплIанэ жэщ мыгъуэми укъожьэж, Уэ Дзэлыкъуэ бжьэпэ мыгъуэм укъосыж, Узэрыс гущэурэ гур уогъэуфэрэнкI, Уэ ятIагъуэ бгыху мыгъуэми укъыщоху, ЦIыкIуэ къуий! Я къуэшыр зыгъэпуд хьэл-щэн мыхъумыщIэ уэрэдым зи гугъу щыщIахэри къафIэмыIуэхужу, Агъу зэшхэр табу щхьэщэщкIэ джэгуакIуэм йолъэIу нэгъуэщI мыхъуми едзыгъуэхэм я кIэм къыщызытезыгъэзэж «ЦIыкIуэ къуийр» хихыну, ауэ ашэбейдэсхэм занщIэу ягу нэхъ ирихьа а рефреныр сыт имыщIэми хагъэкIыну Iэмал хуигъуэтыркъым. ДжэгуакIуэм и тхыгъэхэр зэрыту ЩоджэнцIыкIу Алий 1940 гъэм къыдигъэкIа «Уэрэдхэмрэ стиххэмрэ» тхылъым хыхьэн хуеящ мы усэри, ауэ, сытхэр и щхьэусыгъуэми, ар абы хагъэхьакъым. Ар тхылъеджэхэр нобэр къыздэсым зыщыгъуазэ тхыгъэм куэдкIэ къыщхьэщокI, нэгъуэщI гъэпсыкIи иIэщ, езыри нэхъ инщ, сатыр 70-м ноблагъэ икIи ар къэрал архи- вым къыщIэна тхылъымпIэхэм хэлъщ. Дэтхэнэ зы джэгуакIуэ-уэрэдусми зэхилъхьэхэм лъабжьэ яхуэхъур къыщигъуэтыр, къызыхихыр екIуэкI гъащIэрщ, абы узытетхыхьыну къыщыхъухэри гъунапкъэншэщ. Къылъшыкъуэ и пщIыхьэпIи къыхэхуэнтэкъым фIыуэ илъэгъуа и хъыджэбзым — Фомытхэ я пхъум — уасэ щIитыным и щIыIужкIэ, уэрэдкIи ар къизэун хуей хъуну. Хэхэс щIалэ IэщхьэпцIанэр зэзыусыгъуэджэ Фомытхэ, зыхуэмей псэлъыхъум я пхъур ирамытын щхьэкIэ, уасэшхуэ хуагъэув, шыхъуэ къызэрыгуэкIым ар зэрыхуэмытынур фIыуэ ящIэу. Я насыпыр якъутэну пщащэм и Iыхьлыхэр яужь къызэрихьар къыщыгурыIуэм, Къылъшыкъуэ ауан уэрэд зэхелъхьэ. Абы щыжыIахэм лъэпкъыр зэрамыгъэдахэм, IейкIэ я цIэ жылэм зэрыхэIуэнум фIолIыкIри, унагъуэм и нэхъыжьхэм тобэ къахьыж, уасэр ягъэмащIэ, хэбгъэзыхьмэ, я пхъур Къылъшыкъуэ ират. Ауэ цIыхухэм къызэдащта ауаныр къызэтенащ, псо дыдэр мыхъуми, абы и Iыхьэ гуэрхэр ди деж къэсыжащ: Ашэбейр башыпэкIэ фовэ, Фи вым уанэ тыволъхьэ, Хьэлъэ телъмэ — фи нысэщ, Фи нысащIи хъурыгущ, Фи лIыжь цIыкIури пэгунщ, Гуэн имыухмэ — фи фызыжьщ, Фымыгъажьэххэр сыт жыIэт — фи пIастэ, Мастэр игъэфиймэ — фи хъыджэбзщ, Хьэбзынэрэ нагъуэмэ — ар фипхъущ, Къамэм уригъапхъуэмэ — фи уасэщ!.. И зэхэщIыкI, Iуэху еплъыкIэхэр зэрефIэкIуам и щыхьэту, Сыжажэм езым и нэгу щIэкIахэм, и щхьэ Iуэхум къепхахэм нэмыщI, адрей цIыху къызэрыгуэкIхэм я гурыгъу-гурыщIэхэми гу лъитэ зэрыхъур абы и ехъулIэныгъэхэм ящыщ зыщ, и Iэзагъыр хэпщIыкIыу зэрефIэкIуами ар и щыхьэт наIуэщ. Адыгэ IуэрыIуатэм цIыхубз уэрэд гъуэзэджэ куэд зэригъэпэщащ, джэгуакIуэр ахэм фIыуэ щыгъуазэу, и щхьэкIи игъэзащIэу зэрыщытам шэч хэлъкъым. Я ухуэкIэ-гъэпсыкIэкIэ ахэр зыкъомкIэ щапхъэ хуэхъуами, зытещIыхьакIи макъамэ ящIэлъкIи ахэм къащхьэщокI Сыжажэм зэхилъхьа цIыхубз гъыбзэхэр. Абыхэм лъабжьэ яхуэхъуахэр джэгуакIуэм къигупсысакъым, жыжьэ къыщилъыхъуакъым, ахэр къыщыхъуар езым и къуажэрщ, зэрыхуэбгъэфэщэнкIи, ахэр абы и нэIуасэу щытыгъэнущ. ФIэщ щIыгъуейщ джэгуакIуэм а бзылъхугъэхэр къелъэIуу уэрэд яхузэхилъхьауэ е, зэрыхабзэу, уасэ щIату ар ирагъэтхауэ. Бгырыс цIыхубзхэм къатепсыхэ лейр, зыдэт дэкъузэныгъэр цIыхугъэм къызэремызэгъыр, ахэм я щхьэм и унафэ ящIыжу, фIыуэ ялъагъум дэкIуэу, зыри къапэрымыуэу я насып ягъэувыфу щытыныр зи хъуэпсапIэ джэгуакIуэр ахэм къащхьэщож, я щхьэхуитыныгъэм щIозэу. Зеикъуэ къыщыхъуа апхуэдэ Iуэху пщхьэмыпэщ «Лъостэхъан» уэрэдым лъабжьэ хуэхъуар. Шэч къытумыхьэу ар фIэщ къыпщызыщIыр а жылэм дэс лъэпкъхэу Сыжажэхэ, Быхъурэхэ, Къыпхэ щыщ цIыхухэм я цIэхэр абы къызэрыщыкIуэрщ, Алэщэкъуэ щIыпIэцIэм и гугъу зэрыщыщIарщ. Къэбэрдейм пасэ зэманхэм куэдрэ къыщыхъуу щыта Iуэху къызэрыгуэкIщ Лъостэхъан илэжьыр — фIыуэ илъагъум щыдамыгъакIуэм, ар абы докIуасэ. Апхуэдэм дежи лъэпкъитIым я нэхъыжьхэр зэгурыIуэжу щытамэ, Зеикъуэ пщащэм и Iыхьлыхэм пхузэмыгъэзэхуэжын лей къыкIэлъызэрахьэ, зыхьа щIалэм лъэщыгъэкIэ къытрахыжри, имыцIыху нэгъуэщI гуэрым залымыгъэкIэ ират. ДжэгуакIуэм гущIыхьэ щыхъур езыхэм къалъхуа я бын зи насып къэкIуэгъуэр апхуэдэ IэнатIэ гугъум и Iыхьлы дыдэхэм зэрыбгъэдагъэувэрщ, и лъагъуныгъэр зэрыфIакъутэрщ, гурыфIыгъуэншэу и гъащIэр ирихьэкIын хуей зэрыхъурщ. А цIыхубз насыпыншэми игу къеуэр и псэм щигъафIэ и лъагъуныгъэр зыми къызэрыфIэмыIуэхурщ, къызэрыримыдзэрщ: Выуэ нызыбгъэдэтым Къамшы тIуащIэр ныдалъэ, Сэ си гум илъымкIэ Зы цIыхуи къызэупщIкъым, ЩIэупщIакIуэншэу Алэщэкъуэ Сыныдашыж. Сыжажэм уэрэд-усэхэр зэхилъхьэу щыщIидза лъэхъэнэхэм ди лъэпкъ бзылъхугъэхэм ящыщу зыхуейм дэкIуэфыр зырызыххэт, адрейхэр мылъку нэхъыбэ къезытым иращэрт е я дэлъху-Iыхьлыхэм зыгуэрхэр къыхущIаххэрти, ирагъашэрт, зратыр я шыпхъу дыдэхэм ямыщIэу. Зеикъуэ щызэрахьа апхуэдэ залымыгъэхэм ящыщ зыщ «Куп Сурэт и тхьэусыхэ» фIищу джэгуакIуэм зэхилъхьа уэрэдыр зытеухуар. Гур хэт дежкIи зэIухащ, абы унафэ хуэпщIыфынукъым, ауэ Сурэт, и насыпыншагъэти, я къуажэм къыдэтIысхьа къумыкъу щIалэр фIыуэ илъэгъуащ. Муслъымэнми, нэгъуэщI лъэпкъым зэрыщыщ къудейм фIэкI щхьэусыгъуэ имыIэу, и Iыхьлыхэм пщащэр абы дагъакIуэркъым. Сурэтрэ джэгуакIуэмрэ лъэпкъ зэхэгъэжым я бийщ, лъэпкъ зэхуэмыдэхэр зэзышалIэ, зэгъунэгъу зыщI зы хэкIыпIэу лъагъуныгъэр зэрыщытыр а тIуми зэтехуэу къагуроIуэ. А гупсысэ пэжыр езы уэрэд дыдэми щыпхрышащ: Жылэр къызэроджэр къумыкъу хьэулейщ, Сэ сызэрыноджэр Iэмин дуней нэхущ. Куп Сурэтым кърегъэгъых. Си шырыкъу цIыкIум щIыпцIэр къреч, Сыкъызэгуэзыгъэчыр жагъуэгъум я псалъэщ. Куп Сурэтым кърегъэгъых. Мы дунеишхуэр сэ схуэмыгъакIуэ, Къумыкъу дэкIуэныр щхьэ лIыукI фщыхъуа? А уэрэдитIри цIыхухэм занщIэу зэдапхъуэтащ, псынщIэуи цIэрыIуэ хъуащ. Абы и щхьэусыгъуэри зэхэгъэкIыгъуейтэкъым — бгырыс бзылъхугъэ псори куэд щIауэ зыгъэгулэз, икIэщIыпIэкIэ гъэкIуэдыпхъэ хабзэ мыхъумыщIэхэм зэраныгъэ къадэкIуэр ехьэкI хэмылъу абыхэм къыщыщIэгъэщат, пунэлат щехат. Сыжажэ Къылъшыкъуэ и уэрэдхэр хэIущIыIу щыхъум, лъахэм щагъэзащIэу зэрыщIадзэу, уэрэд хузэхрагъэлъхьэну нэгъуэщI къуажэхэми къикIрэ къыхуэкIуэу хуожьэ. Хабзэу зэрыщытамкIи, игъуэджэкъутэу зыгуэр зыфIэкIуэдам и фэеплъ къызэтезыгъэнэну мурад зыщIхэм уэрэдым е гъыбзэм пщIэ щIатын хуейт. Япэ щIыкIэ уасэмкIэ зэгурыIуэу зэрыщымытым къыхэкIкIэ, гъыбзэм щIатынур зыгъэувыр ар зыхуатхырт, зыкъомкIэ унагъуэм и къулеягъэм епхами, нэхъыбэм абы щIатыр ягу пыкIт. Уасэ зыщIат уэрэдхэр зэхилъхьэ зэрыхъуам егъэбелджылы джэгуакIуэ IэщIагъэр Сыжажэм къызэрищтар, лъахэм и уэрэдус ар зэрыхъуар. И къуажэгъухэм я мызакъуэу, нэгъуэщI щIыпIэхэм щыпсэухэри къыхуэкIуэ, лъэIукIэ гъыбзэ зэхрагъалъхьэ зэрыхъуам и щыхьэтщ «Аруманхэ я гъыбзэ», «Сэчрэчхэ я гъыбзэ», «Пэунэжь ХьэкIашэ и гъыбзэ» жыхуиIэхэр. Адыгэ IуэрыIуатэм хэт гъыбзэхэм ахэр къазэрыщхьэщыкI щыIэкъым, абыхэми, зэрыхабзэу, лъабжьэ яхуэхъуар пэжу гъащIэм къыщыхъуа нэщхъеягъуэхэщ. А тхыгъэхэм я цIэ и лэжьыгъэхэм къыщриIуакIэ, Нало Заур абыхэм щыгъуазэу зэрыщытам шэч къытепхьэ хъунукъым. Ауэ гурыIуэгъуащэкъым джэгуакIуэм адрей и тхыгъэхэр къыщыдигъэкIым щIэныгъэлIым а гъыбзэхэри щIыхимыгъэхьар, абыхэм я гъусэу къыщIыдимыгъэкIар. ГъащIэ екIуэкIым набдзэгубдзаплъэу, нэхъ куууэ хэплъэф хъуа Сыжажэ Къылъшыкъуэ гу лъимытэнкIэ Iэмал иIакъым абы щызекIуэ залымыгъэм, къызэрыгуэкI бгырыс мэкъумэшыщIэр зыдэт дэкъузэныгъэм, къулейсызыгъэ хьэлъэ абы телъым. ЖыпIэ хъунукъым ПащIэ Бэчмырзэ гъащIэжь щыIам зэрыхущIэджам, абы и ныкъусаныгъэхэр сэтей къызэрищIам Зеикъуэ джэгуакIуэр нэсауэ; ауэ абы и тхыгъэхэми революцэм и пэ лъэхъэнэхэм мыарэзыныгъэ, гужьгъэжьхэр къыхыхьэу зэрыщIадзэм шэч хэлъкъым. Абы и лъэныкъуэкIэ гу нэхъ лъытапхъэщ а илъэсхэм абы иуса «Астемырыкъуэм и уэрэдыр». Езым и щхьэм кърикIуахэр лъабжьэ хуэхъуами, абы ехьэкI хэмылъу къыщыщIэгъэщащ Астемырым хуэдэ хэку унафэщIхэм зэрахьэ лейр, лэжьакIуэ къызэрыгуэкIым и гуащIэдэкIыр нэмыукIытагъэкIэ зэрыфIашхыр, абы къыхуэна хуэдэ. А уэрэдым щыщу ди деж адыгэбзэкIэ къэсыжар сатырипщI къудейщ, абы ехьэжьауэ къыхэщыркъым а зиусхьэным джэгуакIуэм лъагъумыхъуныгъэ хуиIари, псалъэ дыдж хужиIахэри. Ауэ ар нэхъ зыубгъуауэ, сатыр 39-рэ хъууэ, зытхам и цIэри къыщимыIуауэ, къыщызэтенащ Москва дэта «Академие» тхылъ тедзапIэм 1936 гъэм къыдигъэкIа «Кабардинский фольклор» тхылъ цIэрыIуэм. Хэку унафэщI мыхъумыщIэхэм зэрахьэ хьэгъэщагъэхэр къыщIэгъэщыным къыдэкIуэу, джэгуакIуэм и усэхэр хэпщIыкIыу нэхъ йофIакIуэ, ахэр жылагъуэ мыхъумыщIэ щыIэм нэхъ хущIэджэ, къызэрыгуэкI лэжьакIуэм телъ тхьэмыщкIагъэр наIуэу нэхъ къыхэщ мэхъу. Япэрей и тхыгъэхэм къащхьэщыкIыу, екIуэкI гъащIэм къыщыхъухэр абыхэм къаIуэтэж къудейкъым, нэхъыщхьэу зи гугъу щыщIар езы усакIуэм и гурылъ-гурыщIэхэрщ, и Iуэху еплъыкIэхэрщ, аращ а тхыгъэхэр Нало Заур лирикэм и пщалъэхэм нэхъ пэгъунэгъу хъуауэ, и художественнэ Iэзагъыр зэрефIэкIуам и нагъыщэу къыщIилъытэр. Ар зэрыпэжыр шэчыншэу егъэбелджылы джэгуакIуэм и усэ гъуэзэджэ «Гъатхэ мыхъумыщIэм»: Гъатхэ мыхъумыщIэр, Сымаджэ щIыкIейр, Пэгун Iэлъэныкъуэр, Гъатхэ мэкъуншэр, Шыншэ къэрэгъулыр, Лым и мащIэгъуэр, ДжэдыкIэ закъуэр, Хьэтыкъ ныкъуитIыр, Мы удз къэмыкIыр, Фыз кIиирейр, — А къомым сыкъелрэ Апрелым симыхьу Майм сытехьэжтэмэ, Къурмэн сщIыжынт. ДжэгуакIуэм и тхыгъэхэм Iуэхур къэгъэлъэгъуэн къудейр мыхъуу, езым и гупсысэхэм бжьыпэр зэрыщаубыдыр нэрылъагъу къыпщащIу усэ зыкъом абы иIэщ. Абыхэм ящыщщ цIыхум и къалэныр, акъыл жан абы бгъэдэлъын зэрыхуейр, IэщIагъэ нэс иIэныр насыпым и зы хэкIыпIэу зэрыщытыр образ гъэщIэгъуэнхэмкIэ абы къыщиIуэта мы и усэр: Джэдри мэлъэпхъащэ, КъиулъэпхъэщIами щыкъунщ. ЦIыхур щыкъун щыпэмэ, Сытыр и пэрмэн? Уэрэд зыусри мэпсэу, Шыпсыр зи Iусми зегъэлI — МылIэжынур IэщIагъэ дахэщ, Дунейм и дахапIэр акъылщ. Сыжажэр IуэрыIуэдзу, цIыху гушыIэрейуэ дунейм тетащ. Абы щIэнэкIалъэ, ауан имыщI щыIэтэкъым, езым зыдилъагъуж ныкъусаныгъэхэри абы ибзыщIыртэкъым, арагъэнт нэгъуэщIхэм ярипэсхэри абы щIыхуагъэгъур, я щхьэ щIрамыгъажэр. И щхьэм, и ныбжьэгъухэм, и пхъум, джэдым теухуауэ абы къыщIэна гушыIэ, псалъэ шэрыуэхэр белджылыуэ щыхьэт тохъуэ анэдэлъхубзэм, лъэпкъ IуэрыIуатэм я хъугъуэфIыгъуэхэм ар куууэ щыгъуазэу, Iэзэу ахэр къигъэсэбэпыфу зэрыщытам, адыгэ IуэрыIуатэм и гъукIэгъэсэн цIэрыIуэхэм ящыщ зы абы къызэрищIыкIам. Жьыгъэм къыдэкIуэ насыпыншагъэхэр пэжагъ нэс хэлъу псалъэ хьэлэмэтыщэкIэ къызэригъэлъэгъуар щыхьэт тохъуэ абы талант инрэ Iэзагъ нэсрэ зэрыбгъэдэлъам: УщIэкIмэ, къанжэр къыптекIакIэу, УкъыщIыхьэжмэ, фызыр къыптекIиеу, Куэд къуатрэ пхуэмышхыу, МащIэ къуатрэ зыбгъэгусэу, Ущысмэ, ущхьэукъуэу, Угъуэлъмэ, умыжеифу, ЦIыкIуу жаIэм зэхыумыхрэ Ину жаIэм уи жагъуэ хъууэ, Дахэр пфIэмыIэфIыжрэ IэфIыр пфIэмыдэхэжмэ — Жьыщхьэ мыгъуэкIэ зэджэр аращ. Октябрым щIэзэуахэм и къуэхэм ящыщу зы — Хьэмэд — хэта мыхъумэ, гъащIэщIэр къэзыхьыжахэм Сыжажэ Къылъшыкъуэ хилъхьэшхуа щыIэкъым, ауэ ар, адрей лъэпкъ джэгуакIуэхэми ещхьу, абы гуапэу IущIащ, куэдкIи щыгугъащ. Пэжщ, псэукIэщIэм и япэ махуэхэм, сытхэр и щхьэусыгъуэми, зэман заулкIэ зэфIэувэ жылагъуэщIэм зэрыхущытыр абы къигъэнаIуэркъым, абы хузэфIэкIынкIэ хъунум фIэгъэщIэгъуэну кIэлъыплъ нэхъ мыхъумэ. Ауэ илъэс зыбгъупщIым къриубыдэу и хэкум щекIуэкIа зэхъуэкIыныгъэхэр и нэгу щыщIэкIым, къуажэхэр зэрефIакIуэр, еджапIэхэр гъунэжу къызэрызэIуахыр, лъэпкъ сабийхэр я анэдэлъхубзэкIэ зэреджэр щилъагъум, и ныбжьыр фIыуэ хэкIуэтами, абы къаруущIэхэр къылъыкъуокIыж, псэукIэщIэм езыми зыгуэрхэр хуищIэн зэрыхуейр къыгуроIуэ, ар зэригъэлъэпIэн псалъэхэр къилъыхъуэу хуожьэ. Абы и щIыIужкIэ, нэ лейкIэ ар гъащIэщIэм еплъыныр зыкъомкIи епхауэ къыщIэкIынщ парт, къэрал унафэщIхэм джэгуакIуэхэм гулъытэ нэхъ къыхуащI зэрыхъуами. 30 гъэхэм къэралыгъуэщIэм и унафэкIэ IуэрыIуатэр лъэпкъ щIэныгъэлIхэм зэхуахьэс, джэгуакIуэхэр зэхуашэс, уэрэджыIакIуэ гупхэр зэрагъэпэщ, абыхэм я IэдакъэщIэкIхэр ятхри къыдагъэкI, абыхэм ящыщ куэд урысыбзэкIэ зэрадзэкI. Хэбгъэзыхьмэ, щэнхабзэ IуэхущIапIэхэм апхуэдэхэм лэжьапIэ къыщрат, радиом и лэжьакIуэхэм хагъэхьэ, цIэ лъапIэхэр къыфIащ, орденхэр къыхуагъэфащэ. Лъэпкъ джэгуакIуэхэм я зэхуэс-зэIущIэ Кавказ Ищхъэрэм а илъэсхэм щекIуэкIахэм псоми Сыжажэ Къылъшыкъуэ хэтащ, гъуазджэм и пкъыгъуэ куэдым зэфIэкI хьэлэмэтхэр зэрыщыбгъэдэлъыр щIыпIэ Iэджэм абы къыщигъэлъэгъуащ. ПщIэ лъагэ абы къыщыхуащIауэ щытащ джэгуакIуэхэм я зэIущIэшхуэ Ростов щызэхэтам, абы пыухыкIауэ хужаIахэр зытета газетхэр нобэ гъуэтыжыгъуейми. Ауэ, ди насып кърихьэкIри, ди деж къэсыгъащ 1939 гъэм ноябрым и 8-10-хэм Налшык щекIуэкIа олимпиадэм ар зэрыхэтам теухуа тхыгъэ кIэщI. Абы и екIуэкIыкIар къыщыгъэлъэгъуэжауэ архивым къыщIэна тхылъымпIэхэм ящыщ зым къыхощ Къэбэрдей- Балъкъэрым щыцIэрыIуэ ордензехьэ усакIуэ Сыжажэ Къылъшыкъуэ а зэIущIэшхуэм уэрэдхэр, хъуэхъухэр зэрыщыжиIар. Сыжажэм нэхъ пасэу уэрэджыIакIуэ гуп къызэрегъэпэщ. Абы хэтхэм ныбжьыфI зэраIэм щхьэкIи къамыгъанэу, ахэр хэкум и къалэхэм, къуажэхэм макIуэ, абыхэм зыкъыщагъэлъагъуэ, пIалъэ-пIалъэкIэрэ я концертхэр радиокIэ къат. Адыгэ IуэрыIуатэр, щэнгъуазэр гуащIэрыпсэухэм я деж нэхьэсауэ фIыуэ егъэлъагъун и лъэныкъуэкIэ творческэ лэжьыгъэ хьэлэмэт Сыжажэм и гупым а илъэсхэм зэрыригъэкIуэкIам тепсэлъыхьурэ, урыс щIэныгъэлI гъуэзэджэ Талпэ Михаил и лэжьыгъэхэм ящыщ зым мыпхуэдэ псалъэ гуапэхэр яхужиIэгъащ: «Совет IуэрыIуатэм зиужьын папщIэ пхужымыIэну лэжьыгъэшхуэ ягъэзащIэ Зеикъуэ къуажэм щыщ уэрэджыIакIуэ, агрогородым и цIыху пэрытхэу Къазий Мамышэ, Сыжажэ Къылъшыкъуэ, Щоджэн Iэсхьэд сымэ. ЖылагъуэщIэ зэфIэувэм зэман кIэщIым сыт и лъэныкъуэкIи ехъулIэныгъэшхуэхэр зыIэригъэхьа щхьэкIэ, а зыужьыныгъэхэм къыдэкIуа фIыгъуэхэр къэгъэсэбэпыным иужьрей адыгэ джэгуакIуэхэр хуэмыхьэзыру къыщIэкIащ. Абы къыхэкIкIэ, сыт ямыщIами, абыхэм зыщIапIыкIа, я лъым хэлъ IуэрыIуатэ хъугъуэфIыгъуэр IэщIыб яхуэщIыркъым, я тхыгъэхэми нэхъыбэу къыщагъэсэбэпыр IуэрыIуатэм и жанрхэмрэ художественнэ Iэмал зэригъэпэщахэмрэщ. Революцэмрэ граждан зауэмрэ Урысейм ис лъэпкъхэм гузэвэгъуэрэ нэщхъеягъуэу къахуихьам гъунэрэ нэзрэ иIэкъым. Абыхэм фIыуэ щыгъуазэ, ахэр зи нэгу щIэкIа адыгэ джэгуакIуэхэми ар гулъытэншэу къагъанэркъым, пэмыджэжынри яхузэфIэкIыркъым. Зауаем и Iэужь щIэпхъаджэхэм теухуа гъыбзэхэр а илъэсхэм зэхалъхьэ ПащIэ Бэчмырзэ, ХьэхъупащIэ Амырхъан, Сыжажэ Къылъшыкъуэ сымэ. А жанрым Къылъшыкъуи йожалIэ, а зэман псэзэпылъхьэпIэхэм абы етх «ПщыукI зэшищым я кIуэды- кIар». Граждан зауэм и махуэ гущIэгъуншэхэм нэщхъеягъуэшхуэ къатепсыхащ ПщыукI зэшищым. Лажьи-хъати ямыIэу, Дзэлыкъуэ къикIыжрэ пэт, я Iэщри трахри ахэр хужьыдзэм яукIащ. Абыхэм я фэеплъыр къызэтрагъэнэн щхьэкIэ, Сыжажэ Къылъшыкъуэ Къулъкъужын ирагъэблагъэ, зэшищым абы яхузэхилъхьа гъыбзэр Iыхьлыхэм къызэдащтэ, а жылэми псынщIэу цIэрыIуэ щохъу. IуэрыIуатэм и щапхъэхэм тету зэхэлъхьа щхьэкIэ, а гъыбзэм гъэщIэгъуэнагъ гуэрхэр хыболъагъуэ. ЩIыпIэ нэхъ ин абы щызыубыдыр зэкъуэшищыр лажьэншэу зэраукIар, ар къызэрыхъуа щIыкIэхэр къэгъэлъэгъуэныркъым, атIэ нэщхъеягъуэшхуэ къащIэхъуам а щIалэхэм я адэ-анэр, я шыпхъухэр, я щхьэгъусэхэр, я благъэ, Iэулэд, ныбжьэгъухэр зыхидза гуауэр зэрагъэвыр, я фэм зэрыдэкIыр къэIуэтэнырщ. А Iэмалым и фIыгъэкIэ джэгуакIуэм зи гугъу ищIхэр нэхъ гууз пщохъу, цIыхупсэми нэхъ йожалIэ. Iэзагъэ ин хэлъу гъыбзэм къыщыгъэлъэгъуащ игъуэджэкъутэу фIэкIуэда и бынищым я хьэдэхэм анэ насыпыншэр зэрыIущIэр, «лъынэпс мыгъуэу» и сабийхэм абы хущIигъэкIыр: МыдэкIэ фи анэжь тхьэмыщкIэм Хьэдэ напэхэр къызэпеплъыхьыр, Нэхъу-нэхъууэрэ зыкъиплъыхьыжри, ФэркIэ гугъэр ныхихыжащ. ФэркIэ гугъэхэр ныщыхихыжкIэ, Къомэхри блыным кIэрощIэ, Хьэдагъэ фызхэр ныкIэрыщIауэ ГъуэлъыпIэшхуэм иралъхьэж. IэджэкIэ нэхъ хэплъэгъуэщ, гугъужщ зэшищым я нэхъыжь бынитI къызыщIэнам и щхьэгъусэр зыIуува IэнатIэри. Ар гущIыхьэ нэхъри къытщищIын и мураду, джэгуакIуэм къыджеIэ а цIыхубз насыпыншэм и мызакъуэу, Зырамыку и «шы пэху цIыкIури» и закъуэу бо нэщIым къызэрыщIэнар: Жэрурэ уи шы пэху цIыкIур Бо нэщIым укъыщощыщ, Уи щыIагъэурэ Хъарзынэ дахэр Лэгъунэ нэщIым укъыщощыгъуэр. Совет лъэхъэнэм ди хэкум зыужьыныгъэ игъуэтар, зэхъуэкIыныгъэ хьэлэмэт къыщыхъуахэр Сыжажэм и нэкIэ елъагъу, абыхэм ар егъэлеяуэ ирогушхуэ, ар гъэлъэпIэныр и къалэн нэхъыщхьэуи къелъытэ. Хъуэхъу, уэрэд, усэми джэгуакIуэм, и щIалэгъуэм иувэжа хуэдэ, куэд зэхелъхьэ, абыхэми нэхъ ехьэжьауэ зи гугъу щищIыр, зэрыгурыIуэгъуэщи, псэукIэщIэр зи фIыщIэ, лэжьакIуэбэм ар къахузэзыгъэпэща парт, къэрал унафэщI нэхъ цIэрыIуэхэрщ, зэман кIэщIым и лъахэм зыужьыныгъэ телъыджэ зыIэригъэхьахэрщ. Совет къэралыгъуэм и тхакIуэ-усакIуэ псоми ещхьу, хабзэ зэрыхъуауэ, джэгуакIуэм и тхыгъэхэм щIыпIэ нэхъ ин щызыубыдыр Лениным, Сталиным, Ворошиловым, Буденнэм ятеухуа хъуэхъу-уэрэдхэрщ. Ахэр цIэрыIуэ хъуныр зыкъомкIэ епхыгъауэ къыщIэкIынщ джэгуакIуэм езым щIилъхьэжауэ макъамэ дахэ ахэм зэращIэлъми. Япэ и лэжьыгъэхэм яхужиIахэм къащхьэщыкIыу, иужькIэ Нало Заур къыдигъэкIа и тхыгъэхэм а уэрэдхэр игу зэрыримыхьыжыр щибзыщIыркъым, ахэр парт унафэщIхэм баштекъузэкIэ джэгуакIуэм ирагъэтхауэ къелъытэ. Хэбгъэзыхьмэ, иужьрей и тхылъ «Институт джегуако»-м зэрыщытхамкIэ, 30-хэм абы зэхилъхьа уэрэдхэр псори «зы жыпхъэм итщ, мыхьэнэншэхэщ (рутинный), уеблэмэ, Пушкиным теухуа усэ дыдэр гум къыбгъэдэкIыркъым». Зыри ящIэмылъу, псэ ящIэмыту щIэныгъэлIым къилъытэ уэрэдхэм ящыщщ Сталиным теухуари. А илъэсхэм апхуэдизу а уэрэдыр занщIэу цIэрыIуэ хъуати, ар зымыщIэрэ зыщамыгъэзащIэрэ гъуэтыгъуейт. ЩIэныгъэлI Талпэ Михаил зэритхыжыгъамкIэ, лъэпкъ тхыдэм зэи къыщымыхъуауэ, Сталиным теухуа уэрэдыр урысыбзэкIэ зэрадзэкIри, «Правда» газетым къытехуэгъащ. А уэрэдым хэт псалъэхэр джэгуакIуэм игу къабзэм къызэритэджыкIарщ абы къару къезы- тыр: Сталину ди дыщэ дыгъэ, Къэралышхуэм и дыгъэ мазэ, УзэщIакIуэу си щIалэ пашэ, Зи псалъэр къэрэхьэлъкъ гъуазэ. Зегъазэри нэхур егъаблэ, Сталину ди дыщэ дыгъэ, Къэралышхуэм ди дыгъэ-мазэ. Нало Заур къызэрыхигъэщхьэхукIымкIэ, нэхъ мыхьэнэшхуэ яIащ хэкум щекIуэкI зэхъуэкIыныгъэ инхэр джэгуакIуэм къыщигъэлъэгъуа и усэхэм. Апхуэдэхэщ «Налшык», «Зеикъуэ папщIэкIэ», «Хъыджэбзхэм», «СынасыпыфIэщ», «Геленджик», «Бахъсэн и дыгъэ», урысыбзэкIэ зэдзэкIауэ иджы къэдгъуэтыжа «Колхоз хъуэхъу», «Хъуэхъу», «Си бжьамийм зи уэрэд жиIэр» и IэдакъэщIэкIхэр. Езым и жылэжьым зэман кIэщIым зэхъуэкIыныгъэ телъыджэ къыщыхъуахэм щыгуфIыкI, ахэр зи нэ, зи псэ джэгуакIуэм и тхыгъэ куэдым щыгъэлъэпIащ къыдалъхуахэм зыIэрагъэхьа текIуэныгъэ хьэлэмэтхэр. Абы и къуажэм а илъэсхэм щаухуэу щIадзэ Кавказ Ищхъэрэм щыцIэрыIуэ Бахъсэн ГЭС-р, икIэм нахуэмыгъэсами, абы агрогород щащIыну яужь йохьэ. И лъэпкъым и цIыхухэм икIэм-икIэжым ягъуэта щхьэхуитыныгъэм, яIэ хъуа псэукIэ дахэм усакIуэ лIыжьыр зэрыригушхуэр нэхъ куууэ абы къыщигъэлъэгъуащ «Зеикъуэ папщIэкIэ» усэм. И ныбжь хэкIуэтами, езым зэритхыжымкIэ, «хабзэщIэ къэунэхуахэм ар щIэ ящIыжащ», апхуэдэу щытми, игу къоуэ гъащIэщIэ зэфIэувам абы куэд зэрыхимылъагъукIыжынур, йохъуапсэ зи щIалэгъуэу абы ирихьэлIахэм. Жьыгъэ къытегуплIам иринэщхъей джэгуакIуэм игу щыщIэр «СынасыпыфIэщ» и усэм мыпхуэдэу къыщеIуатэ: Дунейм и дахэр къыщыстепсэм Хьэдрыхэ кIуэныр къыстезэрыхьщ. IуэхуфI зэрахьэхэм си нэр къыхуокI, СыкIэлъыIэбэми, сылъэмыIэсу Ар сIэщIэкIынкIэ сэркIэ шынагъуэщ. ГъащIэщIэм и ехъулIэныгъэ нэхъ ин дыдэхэм ящыщу Сыжажэм къилъытэр бгырыс цIыхубзхэм щхьэхуитыныгъэ нэс зэрагъуэтарщ. ФIыуэ зэрылъагъухэр пасэм «ЗэкIэлъыгуIэу, зэлъэмыIэсу, Уасэу ятынхэр зэпамыгъуэту, Былым ямыту зэрамыгъашэу» щытамэ, иджы: Я щхьэ, я лъэхэр зэхуагъэджыджэу, Я жьэм къыжьэдэкIымкIэ Iуэхур яублэу, Былым емыблэу благъэ яубыду, Зэрыгъэбыдэрэ Iуэхур яухуэу, Езы зэгуакIуэхэр зэрыубыдыжхэри, Зэбгъурыувэри зэдежьэжащ. ЗэхъуэкIыныгъэ и лъахэм къыщыхъуахэр Къылъшыкъуэ еш имыIэу егъэлъапIэ, ахэр абы и гуапэщ, псэкIэ къещтэ, и фIэщ зэрыхъуми шэч къытепхьэркъым. Апхуэдэу щытми, абы и тхыгъэхэм псалъэ лъагэр, дыгъэлыр щыкуэдщ, ныкъусаныгъэ гуэрхэми абыхэм я гугъу щыщIакъым, ауэ апхуэдэ егъэлеиныгъэхэр зыдэплъагъур абы и тхыгъэхэм я закъуэкъым — а илъэсхэм совет литературэхэм ар я нэщэнэ нэхъыщхьэу щытащ. ГъащIэщIэр егъэлеяуэ щыIэта, яухуэ жылагъуэщIэм щытхъупсыр къыщегъэжэха абы и тхыгъэхэм ящыщ зыщ «Дуней дахэ» усэр. А тхыгъэм тхыдэ гъэщIэгъуэн иIэщ, апхуэдэ усэ абы зэриIэр нобэр къыздэсым зы лэжьыгъэми къыщыгъэлъэгъуакъым. Ар 1939 гъэм июным и 20-м «Социалистическэ Къэбэрдей-Балъкъэр» газетым къытехуащ джэгуакIуищым — КъуийцIыкIум, Сыжажэм, ХьэхъупащIэм — я цIэхэр щIэту. Ар зи IэдакъэщIэкIхэм ящыщу Сыжажэмрэ ХьэхъупащIэмрэ куэд щIауэ лъэпкъ тхылъеджэхэм я нэIуасэмэ, КъуийцIыкIур хэтми нобэр къыздэсым тхузэхэгъэкIакъым. Ар зищIыс, зыхуэдэр зэдгъэщIэну пасэу зызыхуэдгъэза щIэныгъэлI нэхъыжьхэм (псалъэм папщIэ, КъардэнгъущI Зырамыку) абы теухуауэ зыри къыджаIэфатэкъым. Хъуэхъу щIыкIэу гъэпсами, пасэм гугъуехьакIуэ цIыхубэр зыхэта дэкъузэныгъэр къэгъэлъэгъуэным щIыпIэ куэд щиубыдми, абы нэхъыщхьэу щыгъэлъэпIар совет гъащIэрщ, абы и ехъулIэныгъэ хьэлэмэтхэрщ: Ей, си къуэшхэ, фегупсыс Ди псэукIэм и инагъым. Губгъуэ инуэ нэм къиплъыхьыр ЩхъуэкIэплъыкIэу дузэдащ… ЩIыри псыри ди зэхуэдэу Дыздэлажьэу дежьэжащ. ЗаконыщIэу къыдэкIам ГуфIэгъуэбэр къытхуихьащ. Депутатхэр хэтх, дыхахыу Iуэхум хуити дыхуащIащ. Къэрал кIуэцIыр ягъэбыдэу, Къэрал кIуэцIыр ягъэбжьыфIэу, ГуфIэгъуэшхуэр Iэпэм пыжуэ Гъэ мин гъащIэр яугъащIэ. Мы тхыгъэм гъэщIэгъуэну хэлъыр джэгуакIуэхэр зытета хабзэм къытекIыу, ар усакIуищым зэрызэдатхарщ. ЗэрыхуэбгъэфэщэнкIэ, ар газетым и лэжьакIуэхэм я жэрдэмщ, а илъэсым екIуэкIын хуея хэхыныгъэм и пэ къихуэу ар ирагъэтхауэ къыщIэкIынщ. А усэм хэт сыт хилъхьами зэхэгъэкIыжыгъуафIэкъым, ауэ зауэм и пэкIи и ужькIи ХьэхъупащIэ Амырхъан къыдигъэкIа и тхыгъэхэм уащыхуозэ а псалъащхьэр зиIэ усэм. Пэжщ, джэгуакIуищым я IэдакъэщIэкIыр сатыр 98-рэ хъумэ, ХьэхъупащIэм и усэр зэрыхъур 34-рэщ, ахэри а щым зэдатхам хэпхъауэ хэту уащыхуозэ. Абы нэмыщIкIэ джэгуакIуищым я тхыгъэм зыкъомкIэ поджэж ХьэхъупащIэм 1940 гъэм къыдигъэкIа «Хуитыныгъэ» усэри. Пэжщ, гъэпсыкIэ и лъэныкъуэкIэ абы зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэр игъуэтащ, усакIуищым я усэр строфакIэ зэпымыудамэ, «Хуитыныгъэ» усэр сатыр плIырыплIу зэхэту гъэпсащ. Хэку зауэшхуэм и пэ лъэхъэ- нэхэм Сыжажэм и Iэдакъэ къыщIэкIахэр зэбгъапщэ, зэплъытмэ, зы гъэщIэгъуэныгъэм гу лъумытэнкIэ Iэмал иIэкъым. А тхыгъэхэр я ухуэкIэ-гъэпсыкIэкIи бзэм и къулеягъ и лъэныкъуэкIи кIуэ пэтыху нэхъ йофIакIуэ, иужьрей и тхыгъэ зырызхэр усэ нэсым и мардэм йоувэ, псалъэ дыгъэл купщIэншэхэр хэпщIыкIыу ахэм нэхъ мащIэ щохъу. Апхуэдэ зыузэщIыныгъэ куу зыгъуэтахэм ящыщу нэхъ къыхэгъэщхьэхукIыпхъэщ «Дыгъэр къыщыдатым», «Бахъсэн и дыгъэ» усэхэр. Япэр республикэм и ехъулIэныгъэфIхэм папщIэ Лениным и орденыр 1934 гъэм япэ къыщытхуагъэфэщам теухуамэ, етIуанэм къыщыгъэлъэгъуэжар Бахъсэн Iуфэ щекIуэкIа ухуэныгъэ хьэлэмэтырщ, абдеж щащI ГЭС-р зэраухарщ. Къэбэрдей усакIуэхэм ящыщу абы темытхыхьарэ и мыхьэнэр зэхэзыгъэкIыну яужь имыхьарэ гъуэтыгъуейщ, ауэ нэгъуэщIхэм жаIахэм зыкIи ещхькъым, къыщхьэщокI джэгуакIуэм абы хуитхар. Гум къинэж образхэмкIэ, зэгъэпщэныгъэщIэ и щхьэкIэ къихутахэмкIэ, псалъэ къызэрыгуэкIхэмкIэ лIыжь акъылыфIэм къигъэлъэгъуэн хузэфIэкIат и лъахэм щаухуа ГЭС телъыджэм и мыхьэнэр. Еш имыщIэу и лъахэм щекIуэкI дэтхэнэ зы Iуэхугъуэми Сыжажэр жыджэру хэтщ. Абы и тхыгъэхэр хэкум анэдэлъхубзэкIэ къыщыдэкI газетым пIалъэ-пIалъэкIэрэ къытохуэ, ахэр урысыбзэкIэ зэрадзэкI, и ныбжьэгъу, и къуажэгъу лIыжьхэр зыхэт уэрэджыIакIуэ гупым долажьэ, улахуэ ирату ахэр радиом кърагъэблагъэ, лъэпкъ уэрэдыжьхэмрэ езыхэм я IэдакъэщIэкIхэмрэ жрагъэIэ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, гукъэкI ищIу, а зэманым абыхэм ягъэзащIэ уэрэдхэр пластинкэм зыми иритхакъым, радиом щIэлъа пленкэхэри къызэтенакъым. Ауэ ахэм ирагъэкIуэкIа творческэ лэжьыгъэ хьэлэмэтыр партымрэ къэралыгъуэмрэ гулъытэншэу къагъанэркъым — совет правительствэм и унафэкIэ 1939 гъэм Сыжажэ Къылъшыкъуэ «Знак Почета» орден лъапIэр къэбэрдей тхакIуэхэм ящыщу япэ дыдэ къыхуагъэфэщауэ щытащ. Я лэжьэгъум и гуфIэгъуэр дагъэлъапIэу, къэбэрдей, балъкъэр тхакIуэхэм хъуэхъу гуапэкIэ джэгуакIуэм зыхуагъэзащ икIи ар республикэм къыщыдэкI газетхэми къытехуауэ щытащ. ИужьыIуэкIэ, а гъэ дыдэм и июным, ди лъэпкъым и творческэ лэжьакIуэхэм ехьэжьауэ ягъэлъэпIащ джэгуакIуэ гъуэзэджэр къызэралъхурэ илъэс 75-рэ зэрырикъур. А махуэшхуэм и саулыкъукIэ «Социалистическэ Къэбэрдей- Балъкъэр» газетым Сыжажэм теухуауэ напэкIуэцI щхьэхуэ игъэхьэзыращ. А илъэсхэми абы жыджэрагъ зэрыхэлъам и щыхьэтщ урыс усакIуэшхуэ Лермонтовыр дунейм зэрехыжрэ илъэси 100 зэрырикъур дахыну республикэм къыщызэрагъэпэща комитетым ди джэгуакIуэри зэрыхагъэхьари. Совет къэралыгъуэм и адрей цIыхухэми хуэдэу, Хэку зауэшхуэ къежьам Сыжажэ Къылъшыкъуэ нэщхъеягъуэшхуэхэр къыхуихьащ. Абы и щIалитху Мурид, Хьэмэд, Iэдэм, Данил, Уэлий сымэ щхьэхуитыныгъэм я щхьэр щхьэузыхь хуащIащ, езым и жьыщхьэ нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм залымыгъэрэ хабзэншагъэу зэрахьар и нэгу щIэкIащ. Апхуэдэу щытми, зауэм и япэ махуэхэм къыщыщIэдзауэ джэгуакIуэ псэемыблэжыр хэку текIуэныгъэм хуолажьэ, лъахэм и цIыхухэр бэнэныгъэм къыхуезыджэ усэхэр етх, и уэрэджыIакIуэ гупыр щIыгъуу радиокIэ къопсалъэ, къуажэхэм концертхэр щат. А махуэ псэзэпылъхьэпIэхэм джэгуакIуэм итхауэ нобэкIэ дызыщыгъуазэр тхыгъитI къудейщ (Нало Заур зи цIэ къриIуэр зыщ). Сытхэр и щхьэусыгъуэми, ахэри анэдэлъхубзэкIэ къызэтенакъым, щыгъуазэ зэрызыхуэтщIыфынур урысыбзэ-кIэ зэдзэкIауэ газетым тета- хэрщ. ТIэкIу нэхъ пасэу итхами, урысыбзэкIэ зэдзэкIауэ Сыжажэм и нэгъуэщI зы уси иджыблагъэ къэдгъуэтыжащ. ЩIэлъ гупсысэкIи и ухуэкIэ-гъэпсыкIэкIи ар джэгуакIуэм адрей и тхыгъэхэм къащхьэщокI. Зи гугъу тщIы «Си бжьамийм зи уэрэд жиIэр» тхыгъэр хъыбарым нэхъ пэгъу- нэгъущ. Ар, зэрыхуэбгъэфэщэнкIэ, езым къигупсысакъым, атIэ и гъэсакIуэ хьэлэмэтым и деж щызэхихагъэнущ. Ар нобэр къыздэсым дызыщымыгъуазэ нарт эпосым и пшыналъэхэм ящыщ зыщ, зыкъомкIи Ашэмэз и пшыналъэ цIэрыIуэм поджэж. Макъамэр зэрымыщIэкIэ япэ щIыкIэ къызэрахутэр, лъэпкъ гъащIэм къалэн ин абы зэрыщигъэзащIэр, цIыхубэм и гурылъ-гурыщIэр, и гуфIэгъуи нэщхъеягъуи макъамэрэ уэрэдкIэ къаIуатэу лIэщIыгъуэхэм зэрыщызекIуэр абы пэжу къыщыгъэлъэгъуащ. КъимыдэкIэ, а хъыбарым дэ щыгъуазэ дыхуещI и щIалэгъуэм джэгуакIуэр дэкъузэныгъэ хьэлъэм зэрыдэтам, тхьэмыщкIагъэу и фэ дэкIам. Ауэ гъащIэщIэ къэунэхуам ахэр псори IэщIыб ищIащ, абы зэрыщыжыIамкIэ, апхуэдиз гугъуехьхэр зытелъа усакIуэ лIыжьым иужь зэманхэрщ гъащIэ тынш щигъуэтари, зыхуей хуэмыныкъуэу псэу щыхъуари, жьыщхьэ махуэ хъуауэ зыщилъытэжари. И псэр пытыху еш имыщIэу зи лъэпкъым хуэлэжьа къэбэрдей джэгуакIуэ гъуэзэджэ Сыжажэ Къылъшыкъуэ, Хэку зауэшхуэр иухыным махуитI фIэкI имыIэжу, 1945 гъэм накъыгъэм и 7-м дунейм ехыжащ икIи зыхилъхьэ щымыIэу фIыуэ илъагъу и жылэжьым ар щыщIалъхьэжащ. ДжэгуакIуэшхуэм и тхыгъэхэр зэхуэхьэсыжыным гугъуехь Iэджэ пылъащ. ЩоджэнцIыкIу Алийрэ Нало Зауррэ къытрагъэдза тхыгъэхэм нэмыщI, ахэр къыщылъыхъуэн хуей хъуащ 30 гъэхэм къыдэкIа тхылъхэмрэ газетхэмрэ, архивхэм. А илъэсхэм джэгуакIуэм и тхыгъэ зыбжанэ урысыбзэкIэ зэрадзэкIащ, абыхэм я нэхъыбэр иджыщ хэIущIыIу щыхъуар, етIуанэу къыщыдэкIыжыр. Ахэр тэмэму зэдзэкIа хъуатэкъым, абы и щхьэусыгъуэри зыщ: а илъэсхэм ар нэсу зылэжьын урыс усакIуэхэр ди деж зэрыщымыIарщ. Сыжажэ Къылъшыкъуэ къызэралъхурэ мы гъэм илъэси 150-рэ ирокъури, абы ирихьэлIэу къыдэгъэкIыпхъэт джэгуакIуэ гъуэзэджэм и тхыгъэ къызэтенахэр щызэхуэхьэса тхылъ. Абы нэрылъагъу къищIынт а усакIуэ щэджащэм ди лъэпкъ щэнхабзэм хэлъхьэныгъэ хьэлэмэт къызэрыхуигъэнар. ХЬЭКIУАЩЭ Андрей. филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, ЩIДАА-м и академик.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28635.txt" }
Псалъэу жыcIэм фыкъедаIуэ, фIыгъуэу щыIэм фелэжьэкI! Сыжажэ Къылышыкъуэ и усыгъэхэр Ажэм игъэщтахэм я хъуэн Сэрмакъ аузыр уи нэшэкъашэт, Банашэ кIуахэр ажэм къехуж. Къуийхэ фи БатIэр зэрыщэныбэ, Зы кхъуэ бын къэкIуатэмэ, Зэрыжылэу фигъэIэпхъуэнти! Мэзым фызогъэIэпхъуэри — кхъуабэщ, Ищхъэрэ банэми щынэхъыбэжщ, ФызгъэкIэсынути, си шым фихьынкъым. Мыващхьэр псыхъуэм и хъушэщ — СэреишхуэкIэ зыкъэфщIыхьыж! ЦIыкIуэ къуий и уэрэд Уи уэрэдыр едзыгъуиблу изогъажьэ, Уи плъырэгъур жьэрэIурэщ, къыпхуоусэ, Пхъэгъэсыну урыс унэр къыбокъутэ, Ди пхъэкъутэ, ди уэщ закъуэр къэбгъэкIуэдщ, Си шы щIыб кIуэда мыгъуэм укъэшэсщ, И джабитIыр къамышыкIэ уэ къыщIэпхущ, ЦIыкIуэ къуий! Уэ уи Iупсыр къыпIурыхуу укъэсыжщ, Укъэсыжри хъыбар лъэпкъи къысхуумыхьщ, Ди лы хэх чий закъуэ мыгъуэр къыпщогъупщэ, Сыт уэтщIат? Ди пщыIэгъэр къуэдбгъэлъхьэжщ, Махуэ къэскIэ уи уэрэдым зы хогъахъуэ, Пари зыхэмыхъуэ гущэр уэ уи Iуэхущ, ЦIыкIуэ къуий! Уэ уи Iуэху мыхъумыщIэ гущэм дыкъегъалIэ, ЗыбгъэлIэжу мыгъэрегъэм уэ къокIухь, Былыму къэпхьыр уи убиткIэм хуримыкъу, Уи уэрэдкIэ уэ урикъури къолыжащ, Зы Хужьыжь уэ уиIэ мыгъуэт, бгъунжэрыекъущ, Уэ уи Гъуабжэжь цIыкIу мыгъуэр бжьэ къурашэщ, ЦIыкIуэ къуий! Зы гъэм къраша гущэм уранэхъыкIэщ, Уэ упкIауэ ныбэ мыгъуэт, ЦIыкIуэ къуий. Уи кIэбдз кIыхьыр щIэбдз гущэурэ укъэсыжщ, Хъарбызыр къэс гущэмэ, уэ уогуфIэ, Фонащэр къэсмэ, уи дэгушыIэгъущ, ЦIыкIуэ къуий! Ныбжьэгъу узыхуэхъум уэ урихьэIуцэщ, Цы зытемытыххэ гуэщ уэ уи щхьэфэщ, Уэ уи щхьэфэ гущэр бгъэ тIысыпIэ мывэщ, Вы увыIагъитI гущэр къыщIыбощIэ, ПщыIэ пхъашэ гущэм иджы узогъакIуэ, ЦIыкIуэ къуий! Абы, жэщищ-махуищкIэрэ уэ укъот, Уэ, еплIанэ жэщ мыгъуэми укъожьэж, Уэ Дзэлыкъуэ бжьэпэ мыгъуэм укъосыж, Узэрыс гущэурэ гур уогъэуфэрэнкI, Уэ ятIагъуэ бгыху мыгъуэми укъыщоху, ЦIыкIуэ къуий! Уэ уи шхужь лъэныкъуэ мыгъуэр пхурегъэпкI, Сэ сыныпкIуэцIыпкIэ гущэри пхуизгъэпкIэжщ, Къущхьэм и шкIэ вейкIэрэ узэщIэсшхэщ, Уэ ущIэгъуэшхыхь гущэурэ укъэсшэжщ, ЗэхэпщIыкIмэ, насыпышхуэт сэ пхуэсщIар, ЦIыкIуэ къуий! Ашэбейм я хъуэн Ашэбейр башыпэкIэ фовэ, Фи вым уанэ тыволъхьэ, Хьэлъэ телъмэ — фи нысэ, Фи нысащIи хъурыгущ, Фи лIыжь цIыкIури пэгунщ, Гуэн имыухмэ — фи фызыжь, Фымыгъажьэххэр сыт жыIэт — фи пIастэ, Мастэр игъэфIиймэ — фи хъыджэбз, Хьэбзынэрэ нагъуэмэ — ар фипхъу, Къамэм уригъапхъуэмэ — фи нысэ!.. Лъостэхъан Шэрашэ къазу Лъостэхъан зэрыжьэгъуху! Къумыхум и бжьэу, Лъостэхъан зэрыкIуэкIафIэ! Хьудым и алэщэфIыр Пщыхьэщхьэм зэдыдишат. МыдэкIэ псы щхьэл шэтырым А махуэм дызэдыщIохьэ, ЦIыхуу дэ дызыхыхьэр ХьэщIэ лъапIэкIэ къытхузэIуощIэ. Афэхуу си куэншыбэщIэр Хьудым сэ зыщызогъэх, Дзыгъуэ джанэр уэ щыщыпххкIэ Дин зиIэм сыпIихыжынкъым. Дэ дызэщIошасэри Къулъкъужын дыныдохьэ, Къулъкъужын чыцэхэм ХьэкIэкхъуэкIэхэр дэ ныщIыдоху. МыдэкIэ Зеикъуэ бжьэпэм Дыщэ сыхьэтыр щоухуэ, Гъухууэрэ си Iэдиихур Хьуд мыгъуэм и пщэрыдзэнт. Къамылу си Iэбэлагъыр И жьэгъум ныщIызокухь, ЕтIуанэу сызыхьыжам Нэлатыр зэрыхуэфащэ. ГъуэгурыкIуэшти сэ сыкъоужэгъу, Мэш и бэв ныбгъуэти Зыхызогъадзэ, Уэрэ сэрэ зэпщIэхэдзауэ Псы щхьэлым дэ дыщожейр. Жэщыбгым пщIыхьыр солъагъу, ПщIыхьурэ слъагъухэр пхуэзмыIуэтэф, Си адэм и къуэшыжь нэфым сигъэунэхъуащ. Сыжажэхэ фи баринэшхуэр А махуэм уи бзыухъугут, Быхъурэхэ фи гу гъурыжьымкIэ АлэщэкъуэкIэ сыныдашыж. Быхъурэхэ фи Хьэрис цIыкIур А махуэм си гущхьэIыгът, МыдэкIэ си дэлъху гъуамитIыр А махуэм си бгъуитIым итщ, Выуэ нызыбгъэдэтым Къамшы тIуащIэр ныдалъэ, Сэ си гум илъымкIэ Зы цIыхуи къызэупщIкъым, ЩIэупщIакIуэншэу Алэщэкъуэ Сыныдашыж. Къып и къуэжьитIыр А махуэм зэрымыщащхьэ, Къыпхэ я лIыщхьэхэм Хьэрэбжьэр зэдырашэх, ИщхъэрэкIэ срашэхыжри, Абазэм сратыжащ. Куп сурэт и тхьэусыхэ Куп Къарэжь цIыкIур псалъэ гъэбампIэщ, БампIэр къыстеуэмэ, бжьэпэм сынокIуэ. Куп Сурэтым кърегъэгъых. Си бостей фIыцIэр къыздокIэрахъуэ, СыкIэрэхъуэжурэ сыкъыдэбна мыгъуэщ. Куп Сурэт кърегъэгъых. Куп Къарэжь цIыкIу мыгъуэр зэрыщхьэфэху, Си адэ щхьэфэхум сиукIыну жеIэр. Куп Сурэтым кърегъэгъых. Мы Бахъсэнышхуэм нитIкIэ сыхоплъэ, Хэплъэ-хэкIыжурэ сыхэкIыжа мыгъуэщ. Куп Сурэтым кърегъэгъых. Жылэр къызэроджэр къумыкъу хьэулейщ, Сэ сызэрыноджэр Iэмин дуней нэхущ. Куп Сурэтым кърегъэгъых. Си шырыкъу цIыкIум щIыпцIэр къреч, Сыкъызэгуэзыгъэчыр жагъуэгъухэм я псалъэщ. Куп Сурэтым кърегъэгъых. Мы дунеишхуэр сэ схуэмыгъакIуэ, Къумыкъу дэкIуэныр щхьэ лIыукI фщыхъуа? Куп Сурэтым кърегъэгъых. Къылъшыкъуэ хьэжрэтхэм зэрелъэIуар Ер зымыгъэгъу, ФIы щIагъэр зымыгъэкIуэд, Алыхь иным фи хъыбар ныщригъажьэм, Сэ сыкъежьэри сыкъэкIуащ. Сэ сы-Къылыш нэфщ, Сэ си фэр Iейщ, Фызыжь Iейми срилIщ, Си напIэ лъэныкъуэр хуэкIэщIщ, ПцIэгъуэплъ кIэщIыжьым сытесу, Си щхьэр фIэсысыхьу сыкъыдыхьащ. Схуэфащэ ффIэщIмэ, Сыкъевгъашхэ, сыкъевгъафэ, Схуэмыфащэ ффIэщIмикI, Кхъужь-бэрэжьейуэ сыфкъуи сывутIыпщыж — Тхьэ фхузоIуэ сыкъемыплъэкIынкIэ! Сэри Бахъсэн Iуфэ зы мэчанэ щызиIэщ: Фаджэми жьыуэгъуэджэщ, Гъуэмыладжэми джэгуакIуэншэщ. ЩIымахуейм сыкъелу, Апрелым сыкъелу, Май удзым сыхыхьэжмэ, Хэти сывэлъэIужынкъым. Ауэ апщIондэхукIэ зыкъысщIэвмыгъакъуэу ФызмыгъэтыншынкIэ, къэфхь КъурIэн! Гыбзэ Дыгуп махуэу ди гугъэщ, Хъерыгъуэми дыпоплъэ. ЕкIэ дэ къытпылъу, IейкIэ дэ къытлъыхъуу, Дызылъахъэ зыфIэфIыр — Унагъуэ нэщIу, Фэнжей гъур щIыбу, Вагъапэ гъуанэу, Ныбащхьэ пIийуэ, Гъэмахуэм гъэшыншэу, ЩIымахуэм джэдыгуншэу, ЗэлъэIум кърамыту, КъелъэIум иритын имыIэу, Тхьэ иIуэу, игъэпцIу, ЦIэм башкIэ яхэуэу ДыгъафIэм кIэрысу, ТутынлъэIуэрыфэу, Тутынафэ фаджэу, Зэджэр къыхуэмыплъэу, И лъэр ямыгъэуву, Ивэр къэмыкIыу, КъыщыкI зэзэмызэми И гъунитIыр хьэкъыршу, И кур шыпсыранэу Илъэс мин иугъащIэ абы! Астэмырыкъуэм и уэрэд Уи шыбз къарэжь мыгъуэр уи щэбэрыкIуэ, Налшык къэкIуэным лъагъуэ хэсшащ. Уи фэтэр фызыр уи фэрэкI напэ, Зи напэр фIыцIэм улахуэр сфIешх. Фэтэрым ущIэкIым, кхъуэ вейр уоутэ, Уи хьейутагъэм уи напэр трех. Уи урыс унэр зэрыкъуапиплI, Си тумэниплIыр мыгъуэкIэ ушх! Си шы къарэжьыр уи тхьэкIумабгъуэ, Астэмырхэ фи уэрэдым зезгъэубгъунщ! Гъатхэ мыхъумыщIэр Гъатхэ мыхъумыщIэр, Сымаджэ щIыкIейр, Пэгун Iэлъэныкъуэр, — Гъатхэ мэкъуншэр, Шыншэ къэрэгъулыр, Лым и мащIэгъуэр, ДжэдыкIэ закъуэр, Хьэтыкъ ныкъуитIыр, Мы удз къэмыкIыр, Фыз кIиирейр, — А къомым сыкъелрэ Апрелым симыхьу Майм сытехьэжтэмэ, Къурмэн сщIыжынт. IэщIагъэ дахэ Джэдри мэлъэпхъащэ, КъиулъэпхъэщIами щыкъунщ. ЦIыхур щыкъун щыпэмэ, Сытыр и пэрмэн? Уэрэд зыусри мэпсэу, Шыпсыр зи Iусми зегъэлI — МылIэжынур IэщIагъэ дахэщ, Дунейм и дахапIэр акъылщ. Жьыщхьэ мыгъуэ УщIэкIмэ, къанжэр къыптекIакIэу, УкъыщIыхьэжмэ, фызыр къыптекIиеу, Куэд къуатрэ пхуэмышхыу, МащIэ къуатрэ зыбгъэгусэу, Ущысмэ, ущхьэукъуэу, Угъуэлъмэ, умыжеифу, ЦIыкIуу жаIэм зэхыумыхрэ Ину жаIэм уи жагъуэ хъууэ, Дахэр пфIэмыIэфIыжрэ IэфIыр пфIэмыдэхэжмэ — Жьыщхьэ мыгъуэкIэ зэджэр аращ. Джэдым и хъуэхъу Джэд дыгъур фхуэIэшэу, Къашыргъэр фхуэнэфу, Къылъшыкъуэ нэф къакIуэмэ, хуэвукIыу, КъыгуэвукIыкI пэтми, фымыухыу, Я кIуэцIым имыхуэжыр джэдыкIэу, И кIэ къинам унэ щIэз къикIэцIрэ Уэнжакъ кIуэцIымкIэ икIыжу, Къуажэ псом яхуэмыуныкъурэ Зэрыкъэбэрдейуэ яхурикъуу, Къуэм Iухуэмэ, пелуан хъууэ, Пхъум ишхмэ, тхьэIухуд къыхэкIыу, Зи бэ къыхэкIыр акъылу, Джэдылыр жэнэт шхыну, Ишхыным нэхъ гукъеяуэ фимыIэу, Гъэ мин гъащIэр тхьэм къывит! Пхъум и хъуэхъу Къаракъатинэ, Бэрэтинагъуэ, Данагъуэ Iупэ, Щхьэцыпэ дыкъуакъуэ, Щхьэнтэм тесмэ — тхьэрыкъуэ, Зиукъуэдиймэ — аслъэн, Аслъэным и сокур зи щхьэц, Кърым бжьэхуцыр зи щIыфэ, МыIэрысафэр зи нэкIу, Зи нэкIущхьитIыр сэхусэплъ, ДызыкIэлъыплъыр зи щIыкIэ, Зи кIуэкIэр дахэ, Хейуэ унэм ихьэн! Сыт ухуэдэ? Дыагуэмыгуэщи дыаргуэрыжьщ, ТIаргуэ сыми си гъусэщ, ХьэIусыпэ зратым дыпащI, ПащIэкIэ дыщIэгуфIыкIмэ, ЩIыкIафIэ зиIэр мэхъуапсэ, Дыгъэр зыхуепсым дреджэ, А здэтщIэр къэмыджэмэ, Дуней псор си джакIуэми сыарэзыщ! Хъуэр усэ Къылъшыкъуэ и ныбжьэгъу гуэр къехъурджэуащ, мыр жиIэу: А-а, зи нэр нэфу Зи фэр Iейуэ, Фыз Iейм илIу, Зи лIэгъуэ хъуауэ, Хъуа пэтми яфIэпсэууэ, Псым и пIэкIэ аркъэ изыфу Сыжажэ Къылъшыкъуэр уэрмырауэ пIэрэ? Абы мыпхуэдэ жэуап иритыжащ усакIуэм: Зи нитIыр къуэлэну, Къарэ къуэлэным тесу, ПсэлъэкIэмыщIэр и кIэсу, ЦIыкIуэ тIасэм илIу, Гуащэ къеплъмэ, къытелIэу, КъекIуэталIэр къечэнджэщу, ЛIы Iущыжьу ухуейтэкъэ? — Къылъшыкъуэ нэф, КхъуэIуфэ Хъызыр, Къазий Мамышэ, Фызыншэ Асхьэд! Выуэ фызэрывэр бжьэ къурашэт, Чыуэ къэфшар чыщ — чынэщ, Фи унэр ятIэ земыхьэщ, Фи Iуэху зезыхьэри гъуамэщ. Дестынэр я упщIэщ, ПыIэ IупщIэ кIыхьхэщ, Чы кIыхь яIыгъхэщ, Хьэхэр ягъэхъу! Афужаныр зэрынэ пIащэ. Дыщэр зи пщампIэм уришыпхъу цIыкIущ. Фыз хъурей цIыкIумэ урипхъу дахэщ. Къущхьэхъу зыхъумэмэ урипхъу лъапIэщ. Уи адэ къуэшу Чэцыбей Нухьыр А махуэмэ шы сокум хогъэ, Гъыбзэшхуэр къезыгъагъыхыр Уи шыпхъуурэ нэ фIыцIэ дахэрщ. Чысэ цIыкIу къэбыфэ, Фыгъуэнэд Iэгу нэщI, Ефэм къахуэмыфэ, Благъэ зым имыщI. Ауан ящIу щIадзэм, И дзэр зэрегъэшх. Фадэ илъагъу закъуэм, Ерыскъы имышх. Шы налыншэм къыдимышым, Уемызауэ шыщхьэм, Зи акъылыр хунэмысыр, Къэс псом щремыхьэ. ПIэтIрашэ фадэхьэ умыгъакIуэ, ЗекIуэрей и Iэнэ умытIыс, Къанкъуэщ и къуэжьыр здумышэ зекIуэ, Ябгэжь и къуэм жьантIэ лъумыгъэс. Мэчанэ и кIыгуу пыIэку папцIэщ, Езауэ и Iэнэу къулейсызщ, ХьэкIашэ и бжьэ уасэу апэситIщ, Ержыб и пыпхъуэу зы кIэпIинэщ, ТIэлашэ и шы гъэсэкIэу ПщIантIэпсыр къыщыпхуаи! Тыгъэ куэдрэ дигу пыкIыу, Нэмыс дякум имыкIыу, ГуфIэгъуэм дызэрыгъуэту, ЖытIар зыщыдгъуэтыжу, Мэл пшэрыр ди хьэщIэнышу, Фызиблым шатэр зэIащIэу, Фызибгъум джэдыр здагъажьэу, Уафэр гъуагъуэм, вагъэр фIыцIэу, КъэкIыгъэу къэкIыр шу гъэпщкIуу, Тхьэм дигъэпсэу зыдмыгъэпщкIуу. ПщыукI зэшищым я кIуэдыкIар Фи Iуэхум и пэр щыблэ уэкIэти къызэрыкъуох, Къэрэхьэлъкъыу фызэхэзыхым а махуэм я гур мэуз. ЕтIэкъуэ аузым лъыхэр ныдашэу ПщыукI зэшищыр къыщыдашэжым Жылагъуэм я гур зэдоуз, Зи щIапIэр къисэхэжар А махуэм ПщыукI зэшищырт. ИщхьэкIэ фыкъыдэплъеймэ, Бандэжьхэр мэзэрызехьэр, МыдэкIэрэ фи уэтэрыхьэхэр А махуэм я гум щокъугъ. ГуIэгъуэ макъыр къэвгъэIуу НыбапхъэкIэ къывагъэпщыхь, Нэхъу-нэхъуурэ зыкъэфплъыхьыжмэ, Бандэжь бзаджэхэр мэзэхэзежэ. Лъы фIыцIэу фэ къыфщIэжахэр КъуанщIэ фIыцIэжьхэм къызэдраф, Быдзышэ хужьу фэ фызэфар Лъы бахъэти къывжьдэжыжащ. Уи щыIагъэурэ Хъарзынэ дахэм Зещтэри бжаблэм зредз, Бандэшэр зыжьэдадзар ПщыукIхэ Зырамыку цIыкIущ. МыдэкIэрэ шордакъым и лъапэм Лэгъуп IэмпIэхэр ныщызэфIыдодзэ, Бандэжь бзаджэхэм шэ фIыцIэу къадзыр Гъэфар тхьэмыщкIэм и гущхьэлыст. Фэ фи псэм хуэдэу фи шынэхъыщIэр Джэбащхьэм къыщрагъэщI — Бандэшэм зэфIигъэщIар ПщыукIхэ Абу-Алийщ. Уэртэнхэ фи Аслъэнбийм И зыблэр кърегъэкъутэр, А махуэр дуней къутэжти Гуэуж нырокIуэр. МыдэкIэ пхъэру къэкIуахэр Зэхоувэри къызэдопыхьэр, ЕрыуэукIэрэ къахэпыхьыкIыр Фи адэ къуэшурэ ПщыукI Къетыкъуэт. МыдэкIэ Балэ зэшищыр — А махуэм фи хьэдэ шэжщ, Фызэпэрашэжурэ фи анэжь тхьэмыщкIэм Лъынэпс мыгъуэр къыфхущIегъэкIыр, МыдэкIэрэ ПщыукI зэшищыр А махуэм дэкIыжыкIейт. Жэрурэ уи шы пэху цIыкIур Фоч гъуазэм къыфхуегъэпщIантIэр, МыдэкIэ фэ фи пщIантIэшхуэм Кхъаблищыр къыщагъэтIылъыр. ПщыукI зэшищым фи Iэщэ-фащэр Зы махуэм зэдэвгъэтIылъщ. Нартокъуэхэ фи Индрисыр А махуэм фи благъэ гупсэт, Фэ фи псэхэр щызэдыхэкIым Уэсятыр хэт хуэфщIыжат? Фи шыпхъуурэ ТIатIэу тхьэмыщкIэм Фащэ дахэхэр фэ къыфхуилъэщIырт, Данэурэ и пэрылъэщIхэр Лъынэпсым кърегъэгъэфыр. Чэсейфэхуурэ и куафэ бгъуитIым Йокуэфауэри къыфхуегъэуфIыцIыр, ДанапцIэурэ и щхьэц фIыцIэшхуэр ДоIэбейри къыфхуречыжыр. Гуащэкъарэу фи шыпхъу нэхъыщIэм А махуэм гъыбзэр къришырт, Фи адэжь тхьэмыщкIэр зыкIэлъыджэну Фи унэм зыри къинэжакъым. Фи адэ къуэшу Хьэмзэт цIыкIур Фи адэм и щIапIэм фэ къывогъанэ, Сабий цIыкIуитIурэ къызэвнэкIар Фи адэ-фи анэхэм я гъэр гъусэт. МыдэкIэ ПщыукI Мацырэм Фи Iуэхур къыфхузэрехьэр, Хьэдищыр гуитIкIэ къыщыдашэжым Къуажэ лIыжьхэр къызэдоувыр. Фи ныбжьэгъу щIалэхэр къахэувыкIри Хьэдищыр къызэдырахыр, Унэшхуэм нызэдыщIахьэри Жэхафэм нытыралъхьэж. МыдэкIэ фи анэжь тхьэмыщкIэм Хьэдэ напэхэр къызэпеплъыхьыр, Нэхъу-нэхъуурэ зыкъиплъыхьыжри, ФэркIэ гугъэр ныхихыжащ. ФэркIэрэ гугъэхэр ныщыхихыжкIэ Къомэхри, блыным кIэрощIэр, Хьэдагъэ фызхэр ныкIэрыщIауэ ГъуэлъыпIэшхуэм иралъхьэж. МыдэкIэ хьэдагъэ фызхэр ГъуэгкIэрэ зэрогъэзэш, Фи анэкъилъхуу фи шыпхъу цIыкIуищым Фэ фи гъыбзэр я зэштегъэущ. Домей и къуэу Мухьэмэт-Мырзэр И гъащIэм шыбгым имыкI, УэтэракIуэу ныдэдгъэкIахэр Хьэдэ гурышэу къытхуашэжащ. МыдэкIэ Батырхэ Машэр И гъащIэм уанэ темыхт, Фэ фи гъыбзэр нызэхэзыххэм А махуэм яфIэгуузщ: Езы мыгъуэхэр хьэдэ гуузхэтэкъэ А махуэм ПщыукI зэшищыр. Жэрурэ уи шы пэху цIыкIур Бо нэщIым укъыщощыщ, Уи щыIагъэурэ Хъарзынэ дахэр Лэгъунэ нэщIым укъыщощыгъуэр. МыдэкIэрэ щыгъуэщэ джанэм И куэщIыр нэпсым къегъэф, Iыхьлы напафэхэр фымылъагъужу Фи адэ и унэжьым фекIуэлIэжащ. Пушкин Пащтыхьыжьым и зэманым Бзэгухьыжьхэр якуэдащ, Ди властышхуэр къыщыувым Уи къалэм тхыгъэм зиубгъуащ. Пушкину уэ усакIуэшхуэм Уи къалэмыпэр бгъэлэжьащ, ЗэщIэмыкIуэу уэ лIы Iущыр Умышынэу утхуэтхащ. Уэ уи гъащIэр зэрыбухрэ Илъэсищэ нобэ мэхъу, УсэфI дэгъуэу къыпщIэнахэр Ди бзэм илъу едгъэжьащ. Кавказышхуэм укъыщихьэм Тэрч аузкIэ дэбгъэзейщ, Тэтэртупи ущыхуэзэм Уи гур Iейуэ щIэузащ. Тэтэртупым укъыфIэкIри, Емынэ Iуащхьэ уIущIащ, Ар зытетым ущIэупщIэри, Уи тхыгъэшхуэр къэбгъэнащ. КъалэмыпэкIэ уэ тхуэптхар Фэеплъ ину къытхуэнащ, Псалъэ IэфIу къыщыбнахэм Дунеишхуэр ихуэпащ. Сталину дэ ди дыгъэм ГъащIэ дахэ тхуиухуащ, Уи IуэхуфIыр щымыгъупщэу Уи мурадхэр къиIэтащ. Уэ уи Iуэхур къыщынахуэм Ди нэм нэхуу укъыщIэпсащ, Уи псалъэ IэфIхэр ди гъащIэм КъыхуэгуфIапэти, тIэтащ. Налшык Налшыкыу ди къалэ дахэ, Зэман дахэр къыптепсэри, Ди нэм нэхур щIэбгъэпсащ, ПсэукIэ дахэм урилажьэурэ Лэжьыгъэшхуэм зебгъэIэтри, Колхозышхуэм зиIэтащ. Элеваторхэр уогъэлажьэ, Уи дзэ плъыжьхэм я гъуэмылэр Махуэ къэскIэ уэ Iуогъэш, Ар зезышэу уи машинэхэр Уафэ хъуэпскIщи нызэблож. Зытелъадэу уи вокзалыр Дыгъэ нэпсым полыдыж. Сталин дыщэм и унафэкIэ, Коммун партым я IэщIагъэкIэ Жэгъуэгъубэр нытщхьэщахури, Дунейр хуиту къытхуэнащ. Ди бийхэм я лъапсэр тхуэзыгъэгъуу ГуфIэгъуэ гъащIэр тхуэзыухуэ, Сталин вождышхуэр илъэс куэдкIэ Тхуэпсэуну сохъуахъуэ. Геленджик* Геленджикыу къалэ дахэ, Фи тенджызышхуэр мэжабзэ, Фи дыщэ бзухэр мэлъатэр, Фи кхъуафэжьейхэр мэзежэр, Жыгей мэз лъапэм фыщIэсщ. Фэ фи псэукIэм и дахэм ХьэщIэу къэкIуахэр дохъуэхъу. ПсэукIэ дахэр зыгъаблэр Сталин вождышхуэм и нурщ, Нурышхуэр фи къалэм дэмыкIыу Илъэс мин Iэджэ фыгъащIэ, Фи къуршым соплъри, си нэр сIэпех, Фи псышхуэм соплъри, кхъухьыу щызежэр Сталин вождышхуэм и хъарзынашэщ, — ФIыгъуэу зэришэхэр къэрал гъэбжьыфIэщ. IуэхуфI зезыхьэхэу дэ ди вождышхуэхэм Илъэс мин куэдхэр зэдаугъащIэ. Хъыджэбзхэм Ди цIыхубз цIыкIухэ! Зэманыжь бзаджэм фи щытыкIахэм ФыкъыщIэупщIэм сэ нывжесIэнщ: ЗэкIэлъыгуIэу, зэлъэмыIэсу, Уасэу ятынхэр зэпамыгъуэту, Былым ямыту зэрамыгъашэу, Фызышэ къэхъумэ я нэр къызэхуикIыу, Iуэбжэм ныIухьэрэ итыр кърагъэкIыу БылымкIэ фащэу щытащ. А зэманыжьыр сыту гукъутэт! Сталин вождышхуэм къытхуищIа фIыгъуэр Ди гъащIэ псокIи тщымыгъупщэнщ. Я щхьэ-я лъэхэр зэхуагъэджыджэу, Я жьэм къыжьэдэкIымкIэ Iуэхур яублэу, Былым емыблэу благъэ яубыду, Зэрыгъэбыдэрэ Iуэхур яухуэу, Езы зэгуакIуэхэр зэрыубыдыжхэри, Зэбгъурыувэри зэдежьэжащ. Арщ нобэ махуэм фэ къывитар. СынасыпыфIэщ Зэманыжь бзаджэр сыту леищэт, Уэ къыпхалъхуахэр дынасыпыншэт, ЩIэныгъэншэ къабзэу сыкъэбгъэнащ. Дунейм и дахэр къыщыстепсэм, Хьэдрыхэ кIуэныр къыстезэрыхьщ. IуэхуфI зэрахьэхэм си нэр къыхуокI, СыкIэлъыIэбэми сылъэмыIэсу Ар сIэщIэкIынкIэ сэркIэ шынагъуэщ. Ди жэгъуэгъужьхэм къытхуатIа мащэм Езыхэр ущурэ ищэтэжащ, Сталин вождышхуэм и законыщIэм Жьыуэ сыщытми щIэ сищIыжащ. Зеикъуэм папщIэкIэ Зеикъуэ къуажэм, ди колхозым Агрогородыр идогъэщIыр, Ди IэщIагъэр догъэбжьыфIэ, ФIыгъуэу щыIэм дролажьэ. Ди лэжьыгъэм зедгъэубгъури, Ди колхозыр бей къэхъуащ, Лэжьыгъэшхуэхэр къыдолэжьри, ГуфIэ, тхъэжхэу дыздопсэу. Мылэжьауэ щхьэхынэжьхэр Я нэр къикIыуэ къэдгъэнащ. Ди уэздыгъэхэр догъэнэху, Ди школыбжэри зэIутхащ, ЩIалэгъуалэхэр идогъаджэ, ПсэукIэ дахэм зыхуагъэпс. Я щхьэ-я лъэхэр ягъэджыджэ, Колхоз джэгур догъэбжьыфIэ, ФIыгъуэу щыIэм дегъэгушхуэ. Ди сабийхэри идогъаджэ, ДакIэлъыджэу пэдгъэIуджэркъым, ЦIыху гъэсахэр дэ ди пашэу ПсэукIэ дахэ дыухуащ. Ди ныбжьыщIэхэу дэ ди нэхухэ, ФэркIэ хуиту дэ допсалъэ, Псалъэу жысIэм фыкъедаIуэ, ФIыгъуэу щыIэм фелэжьэкI! ЛIыжь-фызыжьу жьантIэм дэсхэм Я тIысыпIэм фыхуэсакъ! — Я хьэкъущыкъухэр къэвгъэкъабзэ, Iэнэ къабзэкIэ фэ къэвгъашхэ, Я пIэр щабэу нахуэфщIыж, ЛIыжь-фызыжьхэр вгъэгъуэлъыж, ШхыIэн кIапэр къыщIэвупщIи, ЗэщIэвупщIи — фыщIэкIыж! Ар пщыхьэщхьэм фи къалэнщ. Пщэдджыжьым фи къалэныр сэ вжесIэнщ: Нэхущ кIыфIым фыкъэтэдж, Зывгъэджыджи, зыкъэфхуапэ, Фи сабийхэр быдз евгъафэ, Унэ унафэр фи гум хэлъу, Бжэр ныIуфхи, фыныщIыхьэ. Я пэшхьэкухэр къэвгъэкъабзэ, Щхьэнтэ къабзэр къэвгъэтIылъ, ЛIыжь-фызыжьхэр къэвгъэтэдж, Тас, къубгъанкIэ зевгъэтхьэщI, НапэIэлъэщIкIэ зевгъэлъэщIи, Ерыскъы IэфIкIэ фэ къэвгъатхъэмэ, Фэ фи щытхъум зиубгъунщ. Губгъуэм фихьэм зывгъэжадэ, Ударникхэм фадэплъей! Бригадирхэр фэ вгъэгуфIэм Фэ фи фIыгъэр яIуэтэнщ, Фэ фи фIыгъэр щаIуатэкIэ, Ударникыу фэ фатхынщ. Ударникым и IэфIыгъэр Фи нэм нэхуу къыщIэпсэнщ, ПсэукIэ дахэм фрилажьэрэ Фи лэжьыгъэм зевгъэIэтмэ, Фи цIэр щIэхыу къаIэтынщ. МэкъумэшыщIэхэу ди лэжьакIуэ, ФэркIэ псалъэ сэ жызоIэр, Псалъэ жысIэм фыкъедаIуэ! ЦIыху мыдаIуэр насыпыншэщ, Лэжьыгъэншэр куэду гугъущ, Мэкъуауэгъуэм фи шэмэджыр Хуэвгъэжан! Iэнэ щтэгъуэм фи гуахъуэпэр ХуэвгъэпсынщIэ! Iэтэ щIыгъуэм фи лъакъуитIыр Хуэвгъэхуабжь! Тутыныбжьэ фигу къыщихьэми, Фызэдефэ! Фи унафэр бригадирхэм фэ къевгъэщI, Унафэу ищIым гуп зэхэтыр фэ федаIуэ! КъывэмыдаIуэр Iущ хъун щхьэкIэ феущие! Гуп зэхэтыр фызэдешхыди зэхэвгъэкI, Бзаджэр фхэкIым фызэзэгъыу Къэнар хуиту фыпсэунщ. Фи лэжьэкIэм зевгъэIэтрэ Iэтэр папцIэу къызэщIэвбгъэмэ, Гъуабжэ мыхъуу къызэтенэнщи, Iэщ зэвгъэшххэри игъэтхъэнщ. Ди шыбзыхъуэ губгъуэм итхэм Я аркъэнхэр мэракIуапцIэщ, Зэ упцIыгъуэм пщIэхагъахуэ. Хуарэхэр къызэблахъу, Шыхъу къыхэкIмэ, ягъэджыджэ, Ди хъыджэбзхэри догъэшэс, Iэщэ-фащэм худогъасэ, ЦIыху гъэсахэр ди япэм итхэу «Айдэ» щыжаIэм дыхьэзырщ. Ди мэлыхъуэу губгъуэм итхэм Мэлу ягъэхъухэр тIурытIылъхуу Бзырылъху защIэщ, КъащIэхъуэри бланэ жэрщ. Мэл мелуаныр догъэущ, Мэл минищэр догъэджэгу, Агрогородыр ныдогъэпс, Абджыпс унэр идогъэщI. Мывэр зыщIу щIалэгъуалэхэм Я уадэпэхэр догъэжан, Я нэр жану къыдогъаплъэ, Нэплъэжыгъуэр дэ дгъуэтауэ ГъащIэ дахэмкIэ дэ допсэур. Ди фермэхэм жэму ягъэхъухэр Куафэ пIащIэщ, зи шэ пIащIэхэр хыдогъэкI, Ди кхъуей кIадэхэр зэбгъурытщ, Зэ къэшыгъуэу литр минхэр, Дэ тхъу гъуэжьхэри къытхуагуэш. Адрей къуажэхэм дехьэдехуэу, ПсэукIэ дахэм дролажьэ, Нэплъэжыгъуэ дэ дгъуэтауэ ГъащIэ дахэмкIэ дызэдопсэур. Ди шыбзхэр хъушэщ, Ди мэлхэр пшахъуэщ, Ди шыхъужьхэр пшэрщ, Ди мэкъумэшхэр бэвщ, Дивхэм еркуэш ящIыж. Ди щIалэхэр щIэращIэщ, Ди хъыджэбзхэр щIыкIафIэщ, ФIыгъуэу щыIэм дыщIокъур, Ди лэкъумхэри догъажьэ, Джэд гъэжьахэри тыдолъхьэр, Ди махъсымэри бырыкъущ, ДрикъухукIэ дэ дофэ, Унафэ здащIым докIуалIэ, Бригадирхэр догъэпсалъэ, Псалъэ захуэ жаIэм дэ додаIуэр, Щхьэж и IэнатIэ дыIуоувэри, Ди Iэ-ди лъэр догъэпсынщIэ, Iуэхум псынщIэуи дыпэщIэтщ. Ди япэ итым дехьэдехуэу, Хьэрхуэрыгъэ диIэу дэ допсэу. ПсэукIэ дахэм дыхуэзыша Сталин лъапIэр гъащIэ инкIэ Тхуэпсэуну дэ дохъуахъуэ. Дуней дахэ Ей, си къуэшхэ, фегупсыс Ди псэукIэм и инагъым. Губгъуэ ину нэм къиплъыхьыр ЩхъуэкIэплъыкIэу дузэдащ. Дэ ди адэхэм я зэманыр Пащтыхь хабзэм икъузат, ЗагъэзэнкIэ зикI хуимытуэ Дэкъузауэ яIыгъат. Пщыжь-уэркъыжьхэр я пщэм дэсуэ, ПсэукIэжьым игъэжьат. А зэманыр зэман кIуащ, НэхъыжьыIуэхэм ялъэгъуащ. Зымылъэгъуахэу нэхъыщIэфIхэ, ФыкъедаIуэ – нывжесIэнщ. Мылажьэхэмрэ удэфахэмрэ Пащтыхьыжьым и жьэгъущIэтт, ЩIышхуэ, псышхуэ яритауэ Дуней псори яIыгъащ. Гъэр зыбжанэу лэжьакIуэбэм Я сабийхэр ямыгъасэу, Сабэм хэсуэ къэтэджахэщ. Зы еджапIэ хэкум итмэ, ГуащIэрылажьэхэм я пщIэнтIэпст, Ди сабийхэр щIамыгъэхьэу Пащтыхь, уэркъым яIыгъащ. А еджапIэм къыщIэкIахэр ГуащIэрыпсэухэм я лъыифт, Я унафэу щытыгъари Къамылэжьыр зэрашхынт. А мыгъуагъуэр зытелъам Нэплъэжыгъуэ ягъуэтащ. Ленин махуэр къэнэхуащ, Сталин дыгъэри къатепсащ. Дыгъэ нэпсыр къатридзэри, Я пщэ дэсхэр ирадзыхщ, Хейм я телъхьэр зэкъуэувэри, Революцэр къаIэтащ. Пащтыхьыжьыр щытрахум, Ди биижьхэр зэрызехьэу, ХьэщхьэрыIуэу, удэфауэ, Ди уэрамхэм къыдыхьат. Хуитыныгъэри къыдамытуэ, Пащтыхьыгъэри ямыутIыпщуэ, Ди пщэм дэсуэ екIуэкIынуэ, Я мураду къэуват. Ди вождь инхэм ар щалъагъум, Акъыл инкIэ гупсысахэщ, ЛэжьакIуэбэм къагурыIуэу Псалъэ инхэр ягъэIуащ. ГугъуехьакIуэр зэакъылэгъууэ Джатэ ихауэ къэувахэщ. Жырым хуэдэу зэкъуэувэри, Вагъэр фIыцIэу къаIэтащ. Ди вождышхуэр япэ итуэ, Ди нып плъыжьхэр жьым зэрихуэу, Ди дзэ плъыжьыр къэхъеящ. ЛэжьакIуэбэм и бэнакIуэт, Зауэ инхэр ирахьэжьэр, Ди биижьхэр лъыр япыжуэ, Джатэ жаным щIагъэкIащ. ЯIэщIэкIыу ежьэжахэр Хышхуэ, псышхуэм хэкIуэдащ. МыкIуэдынуи фэеплъ дахэр Ди вождь инхэм къытхуахьащ. Дунейр хуитуэ къытхуэнащ, ЩIыри псыри ди зэхуэдэу Дыздэлажьэу дежьэжащ. ЗаконыщIэу къыдэкIам ГуфIэгъуэбэр къытхуихьащ. Депутатхэр хэтх, дыхахыу Iуэхум хуити дыхуащIащ. Депутатхэу дэ хэтхахэм Къэрал кIуэцIыр ягъэбыдэу, Къэрал кIуэцIыр ягъэбжьыфIэу, ГуфIэгъуэшхуэр Iэпэм пыжуэ Гъэ мин гъащIэр яугъащIэ. Бахъсэн и дыгъэр Бахъсэныжьыр ужьакIэ мытхъуи, Бахъсэныжьыр упсы утхъуати — Сыхэплъэри, зыри слъэгъуакъым, Сыдежьэри, сыщIэрыхьакъым. Къалмыкъ и къуэм и Iэбжьыгу закъуэм, Зеикъуэр деплъурэ, укъригъахъуэт, Къэхъур дымыщIэурэ укъригъэблщ, УзэщIигъаблэри, кхъужь благъэти, Къалиблым уакъриблэкIщ. Бахъсэным уи салъкъын псакIуэр ЛэжьакIуэфIым урагъуэмылэт, БетIалым дыкъигъэгугъэри, Бдзэжьей мыхъуу, дыгъэ къыхидзщ. Дызыхэзыхым дафIэигъуэджэщ, Дыкъэзылъагъум дафIэтелъыджэщ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28640.txt" }
Ди зэманым и лIыхъужьхэр
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28651.txt" }
КъБР-м и ТВ-мрэ радиомрэ 1 КъБР «Мир» канал Блыщхьэ, мэкъуауэгъуэм и 17 7.00 Мультфильм (6+) 7.20 «Iущыгъэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (6+) 7.40 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» 8.15 «ЩIэныгъэр — гъуазэщ». Мечиев Кязим и цIэр зезыхьэ НыбжьыщIэ библиотекэр (адыгэбзэкIэ) (12+) 8.35 «Автограф». КъБКъУ-м и студент советым и унафэщI Лу Азэмэт (16+) 9.10 « 49-нэ каналым и пощт» (12+) 18.00 «Пшынэ Iэпэр мэбзэрабзэ». Пшынауэ Гуэнгъэпщ Артур и концерт. ПэщIэдзэр (адыгэбзэкIэ) (12+) 18.30 «Мыхъур». Тележурнал (12+) 19.30 «Жьэгу». Жамурзаев Расул (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 20.00 «КъэфакIуэ». КъБАССР-м уэрэдымрэ къафэмкIэ къэрал ансамблым и япэ солисткэ Къэнэмэт Марие (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.30 «Нобэрей еджапIэ нэхъыщхьэхэр». КъБКъУ-м и ректор Къарэмырзэ Барэсбийрэ Абхъаз къэрал университетым и ректор Гварамие Алекэрэ зыхэт нэтын (16+) 21.40 ХъыбарыщIэхэр Гъубж, мэкъуауэгъуэм и 18 7.00 Мультфильм 7.20 «Седьмая скорость». Автомобилистхэм папщIэ тележурнал (16+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 7.55 «Салам алейкум!» Концерт. Япэ Iыхьэ (12+) 8.45 «ДжэгуакIуэ». IутIыж Борис и цIэр зезыхьэ сабий цIыхубэ театр (адыгэбзэкIэ) (12+) 9.25 «Бажэ пшынэ». IуэрыIуатэм и махуэшхуэ (адыгэбзэкIэ) (6+) 18.00 «Пшынэ Iэпэр мэбзэрабзэ». Пшынауэ Гуэнгъэпщ Артур и концерт. КIэухыр (адыгэбзэкIэ) (12+) 18.30 «Жашауум, жырым да сизге!..». КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ Зумакуловэ Танзиля Тырныауз къалэм дэсхэм зэраIущIар (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 19.30 «Гъунапкъэхэр». Тележурнал (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 20.00 «Узыншэу фыщыт».Тележурнал (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.20 «Гум имыхуж». УФ-м щIыхь зиIэ и артист Болэ Мурат (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.50 «Тайм-аут». Спорт тележурнал (12+) 21.05 «ЦIыхубэ IэпщIэлъапщIагъэр». КъБР-м декоративно-прикладной гъуазджэм щыдихьэххэм я IэдакъэщIэкIхэр щагъэлъагъуэ выставкэ (12+) 21.40 ХъыбарыщIэхэр Бэрэжьей, мэкъуауэгъуэм и 19 7.00 Мультфильм 7.25 «Тайм-аут». Спорт тележурнал (12+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 8.00 «Гъунапкъэхэр». Тележурнал (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 8.45 «Абы и псалъэр». ТхакIуэ КIэрэф Мухьэмэд (адыгэбзэкIэ) (16+) 9.20 «Мамырыгъэм хуэлажьэ гъуазджэ». Абхъаз Республикэм и сурэтыщIхэм я гъэлъэгъуэныгъэ (12+) 18.00 Мультфильм 18.15 «Белляу-белляу». Балъкъэр, къэрэшей гущэкъу уэрэдхэр (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 18.35 «Чемпионхэр». СССР-м стIолыщхьэ теннисымкIэ спортым и мастер Батыр ФатIимэ (12+) 19.30 Мультфильм 19.50 «Бэрэжьей пщыхьэщхьэм Баразбиев Исмэхьил дригъусэу» (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 20.20 «ФIым телэжьэн». УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ ЖьакIэмыхъу КIунэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.55 «Гупсысэр — псалъэкIэ» (16+) 21.30 «Зи чэзу псалъэмакъ» 21.40 ХъыбарыщIэхэр Махуэку, мэкъуауэгъуэм и 20 7.00 Мультфильм 7.10 «Сэ фIыуэ слъагъу уэрэд». Концерт (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 8.00 «Бэрэжьей пщыхьэщхьэм Баразбиев Исмэхьил дригъусэу» (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 8.30 «Джэрпэджэж». Тележурнал (адыгэбзэкIэ) (16+) 9.05 «Шэрджэсхэм я дуней» (адыгэбзэкIэ) (12+) 9.35 «Шемякин и гъатхэ». Шемякин Михаил къызэралъхурэ илъэс 70 щрикъум и щIыхькIэ ирагъэкIуэкIа сабий фестивалым кърикIуахэр (12+) 18.00 Мультфильм 18.20 «Уэрэдыр ди гъащIэ дамэщ». Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу уэрэджыIакIуэхэм я концерт. ПэщIэдзэр (адыгэбзэкIэ) (12+) 19.30 Мультфильм (6+) 19.45 «Ууаз» (балъкъэрыбзэкIэ) 20.15 «БлэкIамрэ къэкIуэнумрэ» (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.45 «Макъ жьгърухэр. Жылау Арсен и уэрэдхэр (адыгэбзэкIэ) (12+) 21.05 «КъэкIуэнур нобэрей махуэм пыщIащ». Актрисэ Жэман Iэминэ (16+) 21.40 ХъыбарыщIэхэр Мэрем, мэкъуауэгъуэм и 21 7.00 Мультфильм (6+) 7.15 Каскадер Быгуэ Ахьмэд (16+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 8.00 «Макъамэм и дуней». Пшынауэ Османовэ Людмилэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 8.30 «Дыщэ пхъуантэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (6+) 8.55 «Усэхэр зэрыт тетрадь». Бицу Анатолэ (16+) 9.15 «Юбилей». Налшык къалэ дэт Къэзанокъуэ Жэбагъы и цIэр зезыхьэ центрыр (адыгэбзэкIэ) (12+) 18.00 «Гъуэплъыфэ уафэ». Сабийхэм папщIэ спорт тележурнал (6+) 18.20 Уэрэдыр ди гъащIэ дамэщ». Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу уэрэджыIакIуэхэм я концерт. КIэухыр (адыгэбзэкIэ) (12+) 19.30 Мультфильм 19.40 «Гупсысэхэр». ЩIалэгъуалэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 20.00 «Кабардинка» къэрал академическэ къэфакIуэ ансамблыр илъэс 80 щрикъум ирихьэлIэу. «Лъэпкъым и набдзэ» (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.35 « 49-нэ каналым и пощт» (12+) 21.40 ХъыбарыщIэхэр Щэбэт, мэкъуауэгъуэм и 22 7.00 КIыщокъуэ Алимрэ Кулиев Къайсынрэ я зауэ лирикэр (12+) 7.25 «Къэбэрдей-Балъкъэрым и дыщэ вагъуэхэр». Совет Союзым и ЛIыхъужь Къардэн Къубатий (12+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 7.55 «Хэкупсэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 8.25 «Зыри тщыгъупщакъым» (адыгэбзэкIэ) (12+) 8.50 «ТекIуахэр». Зауэмрэ лэжьыгъэмрэ я ветеран Уэрдокъуэ Мухьэмэд (адыгэбзэкIэ) (12+) 9.15 «Бесленей. Право на жизнь». Документальнэ фильм 17.30 Мультфильм 17.40 «Iущыгъэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (6+) 18.00 «ПэщIэтащ икIи текIуащ». Телевизионнэ фильм (12+) 18.50 «ЛIыгъэм и гъуэгукIэ». Хэку зауэшхуэм хэта Журтубаев Ч. теухуауэ (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 19.20 «Ыйыкъ». ХъыбарыщIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ) 19.35 Гъэунэ Борис. «Къэгъэзэж закъуэ, папэ!» телепостановкэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 19.50 «ТекIуэныгъэр къэзыхьахэр» (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.25 «Республикэм щыхъыбархэр». ХъыбарыщIэхэр (адыгэбзэкIэ) 20.40 «Фэеплъ». Хэку зауэшхуэм хэта Юсупов Абдул-Самат (16+) 21.10 «ЕгъэджакIуэ». Хэку зауэшхуэм и ветеран Кучуков Мэхьмуд (12+) Тхьэмахуэ, мэкъуауэгъуэм и 23 7.00 Мультфильм (6+) 7.10 «Дерс зэIуха». Къарэ-Су къуажэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 7.35 «Ыйыкъ». ХъыбарыщIэхэр (балк.яз.) 7.50 «Си лъахэ». Татартуп азэнджапIэр (адыгэбзэкIэ) (12+) 8.10 «Республикэм щыхъыбархэр». ХъыбарыщIэхэр (адыгэбзэкIэ) 8.25 «Бгым дэкIхэр». ЕтIуанэ фильм (12+) 9.05 « 49-нэ каналым и пощт» (12+) 18.00«Чемпионхэр». СССР-м бэнэнымкIэ спортым и мастер Алшагъыр Валерэ (12+) 18.25 «Зэчиймрэ IэпщIэлъапщIагъэмрэ» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 19.05 «Дыщэ пхъуантэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (6+) 19.30 «Хабзэжь хэкужь къранэркъым» (адыгэбзэкIэ) (12+) 19.50 «Псы цIыкIухэм я къару лъэщыр» (16+) 20.30 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 21.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» «Къэбэрдей-Балъкъэр» ГТРК-м и ТВ Блыщхьэ, мэкъуауэгъуэм и 17 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ) 14.30, 17.10, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 18.30 «ЦIыхумрэ творчествэмрэ». КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Бэрэгъун Марианнэ (адыгэбзэкIэ) 19.15 «ГъащIэр лъагъуныгъэм хуэдэу». КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Мухьэмэд Гъубж, мэкъуауэгъуэм и 18 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр 9.00 «Тау той». Эстрадэ уэрэджыIакIуэхэм я концерт (балъкъэрыбзэкIэ) 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ) 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ) 14.30, 17.10, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 18.30 «Зэманым и лъэужь» программэр 19.20 «Пэшым екIу сурэтхэр» программэр. Бэрэжьей, мэкъуауэгъуэм и 19 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ) 14.30, 17.10, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 18.30 «Адэхэмрэ бынхэмрэ» ток-шоу Махуэку, мэкъуауэгъуэм и 20 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр 9.00 «Нобэ япщэфIахэр» 9.30 «Си унагъуэшхуэр». Къуэжокъуэхэ я унагъуэр 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ) 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ) 14.30, 17.10, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 18.30 ЩIы кадастр палатэу КъБР-м щыIэм и лэжьыгъэм теухуауэ 18.55 «Дыгъуасэ, нобэ, пщэдей» программэр (адыгэбзэкIэ) Мэрем, мэкъуауэгъуэм и 21 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр. 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ) 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ) 14.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 17.10 ЩIыпIэ зэман. Кавказ Ищхъэрэм щыхъыбархэр 18.30 «Вояж» программэр 19.15 «Тщымыгъупщэн папщIэ» программэр Щэбэт, мэкъуауэгъуэм и 22 8.10, 11.10, 14.20 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 10.05 «Нобэ япщэфIахэр» 10.40 «Абы ищIэрт, гъащIэр зэрыщIэщыгъуэр». Журналист Жабоев Асхъат и фэеплъу (балъкъэрыбзэкIэ) Тхьэмахуэ, мэкъуауэгъуэм и 23 10.20 ЩIыпIэ зэман. «Тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» 14.20 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр «Къэбэрдей-Балъкъэр» ГТРК-м и радио Блыщхьэ, мэкъуауэгъуэм и 17 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10 7.25 — 7.45 КъардэнгъущI Зырамыку «Кхъуахъуэм Сэтэней зэридыгъуар» (адыгэбзэкIэ). 7.45 — 8.00 Жаникаев Эльдар «МакъыщIэхэр». Концерт (балъкъэрыбзэкIэ). 10.15 — 10.30 Сабийхэм папщIэ нэтын. 13.25 — 13.45 «Iуэху куэд щызэфIагъэкI блыщхьэ». 13.45 — 14.00 Нэхущ Чэрим уэрэд жеIэ (адыгэбзэкIэ). Гъубж, мэкъуауэгъуэм и 18 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10 7.25 — 7.45 «Уэрэдым и тхыдэр» (адыгэбзэкIэ). 7.45 — 8.00 Гулиев Мажит «ЩIалэ хахуэ цIыкIу». Таурыхъ (балъкъэрыбзэкIэ). 10.15 — 10.30 Эстрадэ уэрэдым и концерт (адыгэбзэкIэ). 13.25 — 13.45 Гъэунэ Борис. «Чыщбалъкъ аузым». Рассказ. 13.45 — 14.00 Бэрэгъун Марьянэ уэрэд жеIэ. Бэрэжьей, мэкъуауэгъуэм и 19 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10 7.25 — 7.45 Журт Биберд. «Уэшх нэужьым» (адыгэбзэкIэ). 7.45 — 8.00 Батчаевэ Л. «Уэрэд вжызоIэ». Концерт (балъкъэрыбзэкIэ). 10.15 — 10.30 «Ди псалъалъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 13.25 — 13.45 «Зи чэзу Iуэхум теухуа интервью». 13.45 — 14.00 Концерт (адыгэбзэкIэ). Махуэку, мэкъуауэгъуэм и 20 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 10.00, 13.10, 16.10, 18.10 7.10 — 8.00 «Пщэдджыжьыпэ». ХъыбарегъащIэ-нэгузыужь канал. 10.15 — 10.30 Сабийхэм псэущхьэхэр зрагъэцIыху. Къаплъэнхэр, шыхэр, джэдухэр. 13.25 — 13.45 «Оранжевый mix». 13.40 — 14.00 Къызыдэфэ пшыналъэхэр. Мэрем, мэкъуауэгъуэм и 21 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10 7.25 — 8.00 «Пщэдджыжьыпэ» (адыгэбзэкIэ). 10.15 — 10.30 Бабаев Ибрэхьим. «Зауэм теухуа усэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 13.25 — 13.45 «ГъащIэр зэрызэхэлъыр». 13.45 — 14.00 «Джэдгъэф Маринэ и гъусэу инджылызыбзэр зыдогъащIэ». Щэбэт, мэкъуауэгъуэм и 22 10.10 — 11.00 «Кавказым и пшэплъхэр». Радиожурнал. 12.10 «КъБР: махуэр махуэм кIэлъыкIуэу». ХъыбарыщIэхэр (адыгэбзэкIэ). 12.25 «КъБР: махуэр махуэм кIэлъыкIуэу». ХъыбарыщIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ). 12.40 — 13.00 «Зауэ гъуэгуанэхэр». Тхьэмахуэ, мэкъуауэгъуэм и 23 10.10 «КъБР: махуэр махуэм кIэлъыкIуэу». ХъыбарыщIэхэр 10.25 — 11.00 Шаваевэ Миналдан «Фэ сыт флъэгъуар?» радиопостановкэр (балъкъэрыбзэкIэ). 12.10-12.25 Залиханов Жанакъаит. «Аланхэр» романым щыщ пычыгъуэ. 12.25 — 13.00 Василенкэ Иван «Пхъуантэ щхъуантIэ цIыкIу» радиоспектаклыр (адыгэбзэкIэ). КъБР-м и радио Блыщхьэ, мэкъуауэгъуэм и 17 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 13.00, 14.00, 15.00, 16.00, 17.00, 18.00 7.15/13.05 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 7.45/14.50 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.20/16.32 «ЩIэныгъэм и дунейм — зыплъыхьакIуэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.40/14.35 «Лэгъупыкъу». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ). 9.00/18.05 «Ди псэлъэгъухэр» (урысыбзэкIэ). 9.25/18.30 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ). 10.05 «Утыку» (адыгэбзэкIэ). 10.25/16.05 «Макъамэ яхъумахэр» (ады-гэбзэкIэ). 11.05/17.05 «Зэныбжьэгъухэм я гушыIэкIэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.25/17.25 «Уэрэдыр тыгъэ фхузощI» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.48/17.48 «Гюрен». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 12.05/15.35 «Макъамэм и толъкъунхэм» (урысыбзэкIэ). 12.25/15.05 «КъехьэкI-нехьэкI зыхэмылъ псалъэмакъ» (урысыбзэкIэ). 14.05/14.35 «Дыхьэшхэным и хъуреягъкIэ» (адыгэбзэкIэ). Гъубж, мэкъуауэгъуэм и 18 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 13.00, 14.00, 15.00, 16.00, 17.00, 18.00 7.15/13.05 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 7.45/14.45 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.20/16.30 «Ди хъугъуэфIыгъуэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «Зэманыр, къэхъукъащIэхэр, Iуэху еплъыкIэхэр» (урысыбзэкIэ). 9.20/18.25 «Дэрэжэгъуэ» (урысыбзэкIэ). 10.05 «Адыгэхэр: тхыдэр, гъэсэныгъэр» (адыгэбзэкIэ). 10.50/15.50 «Зэхэфха? Флъэгъуа?» (адыгэбзэкIэ). 11.05/17.30 Балъкъэр цIыхубэ уэрэдхэр (балъкъэрыбзэкIэ). 11.30/17.05 «Ди гъэмахуэ зыгъэпсэхупIэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.05/15.30 Классикэ макъамэм и концерт (урысыбзэкIэ). 12.25/15.05 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ). 12.45/14.30 «Зи чэзу Iуэхум теухуауэ» (адыгэбзэкIэ). 14.05/16.05 «Макъамэ калейдоскоп» (адыгэбзэкIэ). Бэрэжьей, мэкъуауэгъуэм и 19 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 13.00, 14.00, 15.00, 16.00, 17.00, 18.00 7.15/13.05 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 7.45/14.50 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.45/16.50 «Гюрен». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «Зи чэзу Iуэхум теухуауэ» (урысыбзэкIэ). 9.25/18.25 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ). 10.05/16.05 «ЩIымрэ абы телэжьыхь цIыхумрэ» (адыгэбзэкIэ). 10.25/16.20 Гухэлъ уэрэдхэм я концерт (адыгэбзэкIэ). 11.05/11.22 «Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ). 11.30/17.30 «Салам алейкум» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.05/15.05 «Гъуазджэм и щIыналъэ» (урысыбзэкIэ). 12.40/15.40 «Гукъыдэж» (урысыбзэкIэ). 14.05/14.50 «Уэрэдыр и Iэпэгъуу» (адыгэбзэкIэ). Махуэку, мэкъуауэгъуэм и 20 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 13.00, 14.00, 15.00, 16.00, 17.00, 18.00 7.15/13.05 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 7.45/18.43 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.20/17.05 «Дэ къытхуэнар» (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «КIэщIу — нэхъыщхьэм теухуауэ» (урысыбзэкIэ). 9.20/15.25 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ). 9.30/15.45 Псэм и налъэхэр (урысыбзэкIэ). 9.42/15.35 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 10.05/16.05 «Динымрэ гъащIэмрэ» (адыгэбзэкIэ). 10.20/16.20 «Си Хэку — си уэрэд» (адыгэбзэкIэ). 10.45/16.45 «ДунейгъафIэ». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ). 11.05/14.05 «Лэгъупыкъу» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.30/17.35 «Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ). 12.05/15.05 «Макъамэм и толъкъунхэм» (урысыбзэкIэ). 12.30/18.20 «ПсэукIэ» (урысыбзэкIэ). 14.30/15.00 «Пшыналъэ». Нэгузегъэужь нэтын (адыгэбзэкIэ). Мэрем, мэкъуауэгъуэм и 21 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 13.00, 14.00, 15.00, 16.00, 17.00, 18.00 7.15/13.05 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 7.45/18.39 «Щэнхабзэм теухуауэ» (адыгэбзэкIэ) 8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.20/14.05 «Уэсылъэ къуршхэм я макъамэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «Ди гъащIэм мыхьэнэшхуэ щызиIэ» (урысыбзэкIэ). 9.25/15.35 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ). 10.05 «Эфирыр псоми папщIэ» (адыгэбзэкIэ). 10.25 «ФIыуэ тлъагъу макъамэхэр» (адыгэбзэкIэ). 10.45/16.05 «Таурхъан». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ). 11.05/13.50 «Гуапагъэмрэ уахътыншагъэмрэ ятеухуауэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.20/17.05 «Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ). 11.45/17.45 «Гюрен». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 12.05/15.05 «Гъуазджэм и щIыналъэ» (урысыбзэкIэ). 12.35/18.20 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ). 12.44/18.29 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 14.30/16.25 «Ди гъусэу зывгъэпсэху» (адыгэбзэкIэ). Щэбэт, мэкъуауэгъуэм и 22 7.00/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 7.38/13.38 «Вагъуэбэ» (адыгэбзэкIэ). 8.00/15.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/15.25 «Шаудан» (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.00 «Я гулъытэ нэхъыщхьэр зыхуэгъэзар» (урысыбзэкIэ). 9.25/18.25 «Дыщыпсэу дунейр» (урысыбзэкIэ). 9.45/18.45 «Усыгъэм и сатыр мыкIуэдыжхэр» (урысыбзэкIэ). 10.00/10.30 «ЦIыхубэм ящыгъупщакъым» (адыгэбзэкIэ). 10.50/14.50 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 11.00/16.00 «Ныбжьэгъу генерал». Деппуев Хь. илъэсищэ щрикъум ирихьэлIэу (балъкъэрыбзэкIэ). 11.21/16.21 «Зауэм и джэрпэджэж» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.30/16.30 «Iуащхьэмахуэ и щыгум щыIу уэрэдхэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.00/17.00 «Зауэ гущIэгъуншэм и япэ махуэм» (урысыбзэкIэ). 12.44/17.44 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 14.00/14.50 «Радиотеатр» (адыгэбзэкIэ). Тхьэмахуэ, мэкъуауэгъуэм и 23 «ХъыбарыщIэхэр». Тхьэмахуэм къэхъуахэр (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 8.00, 10.00, 12.00, 14.00, 15.00, 17.00 7.00/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 7.40/14.40 «Лъэпкъ прозэм и напэкIуэцIхэр» (адыгэбзэкIэ). 8.10/15.10 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.45/15.40 «Гюрен». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.00 «Зи чэзу Iуэхум теухуауэ» (урысыбзэкIэ). 9.35/18.35 «Дыщыпсэу дунейр» (урысыбзэкIэ). 9.45/18.45 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 10.10/14.10 «Ди зэIущIапIэм» (адыгэбзэкIэ). 10.40/10.58 «Дауэ упсэурэ, къуажэ?» (адыгэбзэкIэ). 11.00/16.00 «Ди хъугъуэфIыгъуэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.10/17.10 «Театрыр микрофоным Iутщ» (урысыбзэкIэ). 13.35/14.00 «ЦIыхуитIым зэдыжаIэ уэрэдхэр» (адыгэбзэкIэ).
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28655.txt" }
Щыхьэт дэфтэрхэр иратыж Бахъсэн район администрацэм и Iэтащхьэ Сыжажэ Хьэсэн школым нэхъыфIу щеджэ ныбжьыщIи 8-м я паспортхэр Урысейм и махуэм ирихьэлIэу яритыжащ. Апхуэдэ Iуэху дахэр щекIуэкIыр щIыпIэ самоуправленэм и советым и зи чэзу зэхыхьэрати, депутатхэри, IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэри, жылагъуэ лэжьакIуэхэри зэхуэсат. «Урысейм и цIыху фызэрыхъуам щыхьэт техъуэ дэфтэрыр зыIэрыхьэжа дэтхэнэми жэуаплыныгъэ ин фи пщэ къыдохуэ», — жиIащ Сыжажэм, школакIуэхэм щехъуэхъум. АдэкIэ «Урысей зэкъуэт» партым и жэрдэмкIэ, «Урысейм и щIэблэ» зэгухьэныгъэмрэ щIалэгъуалэ администрацэмрэ зэгъусэу тепсэлъыхьащ «Урысейр псоми ди зэхуэдэ унэщ» Iуэхугъуэм. ЯгъэлъапIэ махуэшхуэм къежьапIэ хуэхъуам ныбжьыщIэхэм яхутепсэлъыхьащ Бахъсэн дэт курыт школ №3-м тхыдэмкIэ щезыгъаджэ Лысенкэ Евгение. Абы жиIащ махуэшхуэр ягъэлъэпIэн зэрыщIадзэрэ куэд мыщIами, абы мыхьэнэшхуэ зэриIэр. ЩIалэгъуалэ советым и унафэщI Зеущэ Аленэ тепсэлъыхьащ Урысей къэралыгъуэм и дамыгъэхэм яIэ мыхьэнэм. ЗэIущIэм зыкъыщагъэлъэгъуащ районым ис уэрэджыIакIуэ, къэфакIуэ ныбжьыщIэхэм. Алокъуэ Аринэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28657.txt" }
КъэкIуэнур зейр Жьым махуэ щхьэхуэ хухахауэ ар гъэлъэпIэныр япэу къыхалъхьащ Жьым и энергетикэмкIэ европей ассоциацэмрэ Жьым и къарумкIэ дунейпсо советымрэ. ЩIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, жьым и къарур нэсу къэгъэсэбэпыныр экономикэ, экологие зыужьыныгъэхэм къежьапIэ яхуэхъунущ. Уеблэмэ, абыхэм жаIэ, а энергиер къэзылэжьыну ухуэныгъэхэм ди къэкIуэнур куэдкIэ елъытауэ зэрыщытынур иджыпсту щыщIэдзауэ нэрылъагъуу. Къапщтэмэ, жьым и фIыгъэкIэ илъэс къэс энергетикэм халъхьэ ахъшэ бжыгъэшхуэхэр куэдкIэ гъэмэщIа, хуабагъэ къэзыту щIым къыщIах и хъугъуэфIыгъуэхэм яуцIэпI экологиери хъума хъунущ. Ар иджыпстукIэ къэзыгъэсэбэп къэралыгъуэхэм я бжыгъэр 80-м нос. Абыхэм ящыщу бжьыпэр яIыгъщ США-м, Германием, Испанием. Мэкъуауэгъуэм и 15-м, хабзэ хъуауэ, Жьым и махуэр ягъэлъапIэ. ЦIыхухэр жьым и энергиер къэзылэжь станцхэм зыплъыхьакIуэ яшэ, а Iуэхур гъащIэм убгъуауэ къыщыгъэсэбэпыным телажьэ щIэныгъэлIхэм яIуощIэ, абыхэм ирагъэкIуэкI егъэджэныгъэ дерсхэм жыджэру хэтщ. Жанхъуэт Зузэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28660.txt" }
Иджырей зэманым йозэгъ Урысейм Тезырхэр ирегъэхьэкIынымкIэ и федеральнэ къулыкъум и управленэу КъБР-м щыIэм и следственнэ изолятор №1-м административнэ унэщIэ къыщызэIуахащ. А Iуэхугъуэм кърихьэIлащ Урысей ФСИН-м лъэхъуэщхэмрэ изоляторхэмрэ я лэжьыгъэр къызэгъэпэщынымкIэ и управленэм и унафэщIым и къуэдзэ, къэрал кIуэцI къулыкъум и подполковник Ларин Сергей, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм шынагъуэншагъэмрэ хабзэр хъумэнымкIэ и управленэм и унафэщI Шевченкэ Юрий, УФ-м ФедерацэмкIэ и Советым хэт Бечелов Ильяс, КъБР-м и Парламентым законностымкIэ, хабзэр хъумэнымрэ жылагъуэ шынагъуэншагъэмкIэ и комитетым и тхьэмадэ Бэшорэ Хьэмид, республикэм ЩэнхабзэмкIэ и фондым и унафэщI Вэрокъуэ Владимир, УФСИН-м и деж щыIэ жылагъуэ советым и унафэщI, «Советская молодежь» газетым и редактор нэхъыщхьэ Къардэн Мухьэмэд, КъБР-мкIэ МВД-м и Ветеранхэм я советым и тхьэмадэ Думай Борис сымэ. ЗэIущIэр къыщызэIуихым, Ларин Сергей къыхигъэщащ, зэрыщыту къэралми хуэдэу, уголовнэ-гъэзэщIакIуэ IэнатIэми демократиер зи лъабжьэ зэхъуэкIыныгъэхэр зэригъуэтыр. КорпусыщIэм и гугъу щищIым, КъБР-мкIэ УФСИН-м и унафэщI къэрал кIуэцI къулыкъум и полковник Федоров Василий къатищу зэтет административнэ унэщIэм метр зэбгъузэнатIэ 2400-рэ зэриубыдыр къыхигъэщащ. Абы хэтщ къэпщытапIэ-щыблагъэкI пункт, къулыкъу, психологие зыгъэпсэхупIэ пэшхэр, актовэ зал, лэжьакIуэхэм я шхапIэ, СИЗО-м щаIыгъхэм къыхуахьахэр къыщраIых пэш. Къэгъэсэбэпын щIадзащ и гъунэгъуу щыIэ къатитIу зэтет, метр зэбгъузэнатIэ 1680-рэ хъу хозяйственнэ-хъумапIэ пэшхэр. Сыт и лъэныкъуэкIи къызэгъэпэща тренажер, чэщанэуапIэ пэшхэри яIэщ. Иджырей Iэмэпсымэхэр зыщIэт пщэфIапIэ, ерыскъы гъэхьэзырыпIэ, хъумапIэ пэшхэм метр зэбгъузэнатIэ 520-рэ яубыд. Федоровым зэрыжиIамкIэ, щIакхъуэ, макаронхэкIхэр абы щагъэхьэзырыфынущ. ЛэжьакIуэхэм я дежкIэ ерыскъым и уасэри езэгъырабгъуу щытынущ. Ларин Сергей, Шевченкэ Юрий, Федоров Василий, ведомствэ IуэхущIапIэм и унафэщI Хьэмыз Хьэсен сымэ лентI плъыжьыр зэпаупщIри, ухуэныгъэщIэм и бжэр къызэIуахащ. Абы кърихьэлIахэм пэшыщIэхэм зыщаплъыхьащ, къыщIэхуауэ пIалъэкIэ СИЗО-м щаIыгъхэр къызэрызэгъэпэщами щыгъуазэ защIащ. Дыгулыбгъу Жантинэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28664.txt" }
«Дыщэ щхьэмыжыр» езыхэм я нэкIэ зрагъэлъагъу Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм щыщ Архъыз Ищхъэрэ поселкэм «2013-2020 гъэхэм мэкъумэш хозяйствэм зегъэужьынымкIэ къэрал программэм ипкъ иткIэ, Урысейм Iэщ гъэхъуным зэрызыщиужьынур» фIэщыгъэцIэр иIэу щрагъэкIуэкIа дунейпсо щIэныгъэ конференцым хэтахэр иджыблагъэ щыIащ «Дыщэ щхьэмыж» агроконцерным. Ахэр ди республикэм къэкIуащ мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор Улымбащ М. конференцым щищIа докладым итхэр езыхэм я нэкIэ зрагъэлъагъун папщIэ. Агроконцерным и генеральнэ директор IутIыж Арсен академик гупыр къыщришэкIащ IуэхущIапIэм и IэнатIэ нэхъыщхьэхэм: гъэшхэкIхэм щелэжь комбинатым, былымымрэ джэдкъазымрэ щаукI икIи абыхэм я лыр зыхуей щыхуагъазэ IэнатIэм, Iэщ лъэпкъыфIхэр къыщагъэхъу центрым, нэгъуэщIхэми. Академикхэм ялъэгъуахэр хуабжьу ягу ирихьащ икIи хэхауэ жаIащ мы концерным щIэныгъэм и ехъулIэныгъэхэр нэгъэсауэ къызэрыщагъэсэбэпыр. Хьэвэящхьэ Залинэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28667.txt" }
Сабийхэр лъэпкъ хабзэхэм щIапIыкI Бахъсэненкэ къалэм и курыт еджапIэ №3-м зи школ кIуэгъуэ мыхъуахэр щагъасэ и къудамэм утыку къыщрахьащ адыгэ унагъуэм сабий къахэхъуа иужь иращIэкI гуфIэгъуэ Iуэхухэр къыщыгъэлъэгъуа театр теплъэгъуэ. Садым и гъэсакIуэхэмрэ абы екIуалIэ цIыкIухэмрэ хьэщIэхэр ирагъэблэгъащ адыгэ хабзэм тету, махуэшхуэ ерыскъыхэр ирагъэшхащ, макъамэ дахэхэм щIагъэдэIуащ. Псом нэхърэ нэхъ гъэщIэгъуэныр къалъхуагъащIэм сабийхэм зэрызыхуагъэза хъуэхъухэрт. Ахэр апхуэдизкIэ гъэщIэрэщIат, я щхьэр лъагэу Iэтарэ жаIэр уи фIэщ ящIу псалъэрти, удамыхьэхынкIэ Iэмал иIэтэкъым. Абы къыкIэлъыкIуащ кхъуейплъыжькIэрыщIэр — дагъэ ирагъэфа кIапсэм цIыкIухэр дэпщейуэрэ и щхьэкIэм фIэдза кхъуейм едзэкъэн, я саугъэтыр къыпачу къехыжын хуейт. — ЩIэблэр гъэсэным ехьэлIа лъэпкъ проектхэм ди IуэхущIапIэр жыджэру хэтщ, мыпхуэдэ зэIущIэхэр садым щIэх-щIэхыурэ къыщызыдогъэпэщ», — жеIэ гъэсакIуэ Къущхьэкъан Тоня. АЛОКЪУЭ Аринэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28670.txt" }
Мы махуэхэм Мэкъуауэгъуэм и 15, щэбэт Жьы хъуахэм хьэгъэщагъэ щыкIэлъызэрахьэ къызэрыхъум теухуа хъыбархэр зэбгрегъэхыным и дунейпсо махуэщ. 1561 гъэм Идар Темрыкъуэ ипхъу Гуащэнэ (Марие) и дэлъху Думэныкъуэ, и шыпхъу Алътыншаш, абы и щхьэгъусэ Бекбулат, а тIум я къуэ Саин-Булат и гъусэу Москва нэсащ. Шэрджэс тхакIуэ Туаршы Аслъэн и ныбжьыр илъэс 84-рэ ирокъу. КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Пщыгъуэш Юрэ къызэралъхурэ илъэс 70 ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 27 — 29-рэ, жэщым градус 19 — 22-рэ щыхъунущ. Мэкъуауэгъуэм и 16, тхьэмахуэ 1930 гъэм Волгоград (Сталинград) трактор заводыр лажьэу яутIыпщащ. 1963 гъэм Терешковэ Валентинэ «Восток-6» кхъухьым ису хьэршым лъэтащ. Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Хьэжмэт Хьэсэн къызэралъхурэ илъэс 82-рэ ирокъу. Мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъМУ-м и профессор Къумахуэ Владимир и ныбжьыр илъэс 73-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, уэшх тIэкIу къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 26 — 27-рэ, жэщым градус 19 — 21-рэ щыхъунущ. Мэкъуауэгъуэм и 17, блыщхьэ ЩIыр игъущыкIынымрэ уэгъумрэ ебэныным и дунейпсо махуэщ 1565 гъэм Идар Темрыкъуэ и къуэ Мамсырыкъуэ Москва кIуащ. 1961 гъэм Налшык экраныбгъуэ зиIэ «Восток» кинотеатрыр къыщызэIуахащ. КъБР-м щIыхь зиIэ и артист КIэш Фёдор къызэралъхурэ илъэс 73-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, уэшх тIэкIу къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 21 — 23-рэ, жэщым градус 18 — 19-рэ щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28674.txt" }
Ди къуэш республикэхэм Нэхъ пасэу щIадзэ Адыгей. Республикэм и мэкъумэшыщIэхэм бжьыхьэсэр Iухыжыным тхьэмахуитIкIэ нэхъ пасэу щIадзащ. «Хьэуамрэ щIымрэ къэхуабэри, хьэцэпэцэр нэхъ пасэу игъэхъуащ. Абы къыхэкIыу иужьрей илъэсхэм екIуэкI пIалъэм нэхърэ махуэ 15-кIэ нэхъ пасэу Iухыжыгъуэ лэжьыгъэхэм щIэддзэнущ. Бжьыхьэсэхэр щызэщIакъуэжынущ гектар мин 98-м», — къет Адыгейм мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм. «ДэIэпыкъуэгъу псынщIэ» автомашинэу 20 Къэрэшей-Шэрджэс. Медицинэм и лэжьакIуэм и махуэм ирихьэлIэу республикэм узыншагъэм щеIэзэ и IуэхущIапIэхэм сом мелуан 33,3-рэ и уасэ «дэIэпыкъуэгъу псынщIэ» автомашинэ 20-рэ ягъэIэпхъуэ зэреIэзэ-диагностикэ комплекси 2-рэ тыгъэ хуащIащ. КъШР-м и премьер-министр Къардэн Муратрэ узыншагъэр хъумэнымкIэ министр Гербековэ Иринэрэ Черкесск къалэм и ут нэхъыщхьэм автомашинэхэм я IункIыбзэIуххэр район сымаджэщхэмрэ медицинэ IуэхущIапIэхэмрэ я дохутыр нэхъыщхьэхэм щратащ. «ДэIэпыкъуэгъу псынщIэ» автомашинэхэр иджырей IэмэпсымэщIэхэмкIэ къызэгъэпэщащ, ягъэIэпхъуэ диагностикэ комплексхэм я зыр сабийхэм хуэщIащ. УЗИ, ЭКГ аппаратхэмкIэ, лабораторэ IэмэпсымэхэмкIэ зэщIэузэда етIуанэ комплексым цIыхухэм я деж диспансеризацэ щегъэкIуэкIынымкIэ Iэмал къитынущ. УЭРДОКЪУЭ Женя.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28676.txt" }
Нэхъ лъапIэ дыдэу цIыхум иIэр дзыхь хуащI Медицинэм и лэжьакIуэм и махуэр ди къэралым щагъэлъапIэ мэкъуауэгъуэм и ещанэ тхьэмахуэм. Ар цIыхухэм я узыншагъэр, гъащIэр хъумэн IэнатIэм пэрытхэм я махуэшхуэщ. Медицинэм цIыху гъащIэм щиIэ мыхьэнэр къэлъытэгъуейщ. Жэуаплыныгъэшхуэ я пщэ къыдохуэ медицинэм и лэжьакIуэхэм — нэхъ лъапIэ дыдэу цIыхум иIэ узыншагъэр дзыхь хуащI абыхэм. Аращ абыхэм я Iэзагъэм, щIэныгъэм хагъахъуэ зэпыту екIуэкIын щIыхуейр. Узыншагъэр хъумэн Iэ- натIэр иджы къэрал политикэм щагъэнэхъапэхэм ящыщщ. Ди республикэм щIэгъэхуэбжьауэ щокIуэкI узыншагъэр хъумэн IэнатIэр къэгъэщIэрэщIэжыныр, ар егъэфIэкIуэнымкIи къалэнышхуэ зэхуагъэувыжащ. Гулъытэ хэха хуащI медицинэ IуэхущIапIэхэм я мылъку-техникэ зэфIэкIыр къаIэтыным, узыншагъэр хъумэн IэнатIэм а унэтIыныгъэм щIэуэ къыхыхьэ псори нэсу къызэрыщагъэсэбэпыным. Медицинэр IэмалыщIэхэм щыхуэкIуэ лъэхъэнэм гулъытэ щхьэхуэ хуащIыпхъэщ дохутырхэм я Iэзагъэм хэгъэхъуэным, ахэр я IэнатIэм егугъуным тегъэгушхуэным. Мыбдеж къыщыгъэсэбэпын хуейщ улахуэхэм хэгъэхъуэным егъэщIылIа Iэмалхэри. Ахэр псори я лэжьыгъэм къыхалъытащ республикэ унафэщIхэм. КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымрэ курортхэмкIэ и министерствэм иужьрей зэманым нэхъ щIэгъэхуэбжьауэ щрагъэкIуэкI дохутырхэм я Iэзагъэм, зэфIэкIым хэгъэхъуэным хуэунэтIа Iуэхугъуэ пыухыкIахэр. Апхуэдэу къэралым и медицинэ щIэныгъэлI цIэрыIуэхэр кърагъэблагъэурэ конференцхэр, зэIущIэхэр ди щIыпIэм щызэхашэ. Иджыблагъэ министерствэм щекIуэкIа зи чэзу зэIущIэм и гугъу щащIащ «2013 — 2017 гъэхэм КъБР-м узыншагъэр хъумэн IэнатIэм и лэжьакIуэхэм я зэфIэкIым зегъэужьын» программэ зэрызэхалъхьам. Абы ипкъ иткIэ, IэщIагъэлIхэр щахуримыкъу щIыпIэхэм щылэжьэну кIуэ дохутырхэм я улахуэм мазэ къэс ахъшэ бжыгъэ гуэр хущIагъунущ. Къуажэхэм щыIэ медицинэ IуэхущIапIэхэм щылажьэ IэщIагъэлIхэр трагъэгушхуэн папщIэ абыхэми я улахуэми хущIагъунущ. Медицинэм и лэжьакIуэ псоми я махуэшхуэмкIэ дохъуэхъу. ЕхъулIэныгъэ, узыншагъэ быдэ яIэу, я гуащIэм и хъер ялъагъуу, гупсэхугъуэрэ зэIузэпэщыгъэрэ я унагъуэхэм илъу куэдрэ псэуну ди гуапэщ. ЩхьэщэмыщI Изэ, «Адыгэ псалъэ» газетым узыншагъэр хъумэнымрэ экологиемкIэ и къудамэм и унафэщI.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28679.txt" }
Медицинэм и лэжьакIуэхэм я махуэм ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен зэрызахуигъазэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентымрэ Правительствэмрэ я цIэкIэ, си щхьэкIэ сэ къызбгъэдэкIыу республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэм и лэжьакIуэхэм я махуэшхуэмкIэ — Медицинэм и лэжьакIуэм и махуэмкIэ сохъуэхъу. Медицинэм и лэжьакIуэхэу зи IэщIагъэм жэуаплыныгъэшхуэ пылъхэм цIыхубэм я деж сыт щыгъуи пщIэшхуэ щаIащ, дяпэкIи щаIэнущ. Иджырей медицинэм къегъэув дохутырым щIэныгъэ куу бгъэдэлъу, и IэщIагъэм хуэIэзэу икIи и къарум емыблэжу щытын хуейуэ. Иджыпсту республикэм куэд щалэжь узыншагъэр хъумэн IэнатIэр къэгъэщIэрэщIэжыным, мылъкурэ бгъэдэлъ IэмэпсымэхэмкIэ зегъэужьыным, иджырей технологиехэр зи лъабжьэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэ цIыхухэм езытыфыну IуэхущIапIэхэр зэтегъэувэным хуэунэтIауэ. А лэжьыгъэм щIыгъуу пэщIэдзэ медицинэ-санитар дэIэпыкъуныгъэм, медицинэм и IэнатIэ хэхахэм зрагъэужьынущ. Ауэ псом нэхърэ нэхъыщхьэр дохутырхэр, фельдшерхэр, медсестрахэр, адрей медицинэ лэжьакIуэхэр гуапагъэрэ гулъытэрэ яхэлъу щытынырщ. Абы къыхэкIыу республикэм и унафэщIхэм я деж зыри къыщагъэнэнукъым медицинэм и лэжьакIуэхэм я пщIэр къаIэтын, абыхэм я псэукIэр ирагъэфIэкIуэн папщIэ. Шэч къытесхьэркъым илъэс гъунэгъухэм къриубыдэу дэ иджырей зэманым къезэгъыу узыншагъэр хъумэн IэнатIэр зэрызэтедгъэувэфынум, медицинэ дэIэпыкъуныгъэм и фIагъыр къызэрытIэтыфынум. Республикэм и медицинэ лэжьакIуэ псоми сохъуэхъу узыншагъэ яIэну, я Iуэхухэр ефIэкIуэну, цIыхухэм я узыншагъэр хъумэным хуэгъэза лэжьыгъэшхуэм ехъулIэныгъэхэр къыщахьыну.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28681.txt" }
Лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэм ухэзыгъаплъэ КъБР-м и Лъэпкъ музейм гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэн щокIуэкI. Дэрэжэгъуэ ин къозыт защIэщ декоративно-прикладной гъуазджэм и IэпщIэлъапщIэхэм я IэдакъэщIэкI телъыджэу утыку кърахьахэр. Дахагъэрэ гуапагъэрэ къызыпкърыкI хьэпшыпхэм, сурэтхэм, унэлъащIэхэм уеплъ къудей мыхъуу, уигу ирихьар къэпщэхуфынущ. Iуэху дахэр къызэрагъэпэщащ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэмрэ ЦIыхубэ художественнэ IэщIагъэхэмкIэ республикэ центрымрэ. ЗэрытщIэщи, Къэбэрдей-Балъкъэрым исхэр дахагъэр зыхалъхьэ щымыIэу къогъуэгурыкIуэ. Декоративно-прикладной гъуазджэм и унэтIыныгъэ зэхуэмыдэхэм щылажьэ цIыхухэмкIэ республикэр зэрыкъулейми дыщыгъуазэщ. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, УФ-м прикладной гъуазджэмкIэ и цIыхубэ IэпщIэлъапщIэхэу ПIаз Александр, Бачиев Хьэмзэт, Мэзло Руслан, дэрбзэр, модельер ХьэцIыкIу Мадинэ сымэ, нэгъуэщIхэри. Абыхэм я лэжьыгъэхэм я дахагъэм уатхьэкъу, дэрэжэгъуэ ин къуат, нэхъыщхьэращи, лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэм ухагъаплъэ. ХьэцIыкIу Мадинэ, Щоджэн Лианэ, Нэгъуей Марьянэ, ЦIыпIынэ Альбинэ, Щокъуий Лаурэ, Галинский Яромир, Слъон Светланэ, нэгъуэщIхэми дыщэ, дыжьын IуданэхэмкIэ хадыкIа, уагъэхэмкIэ гъэдэха фащэхэмрэ пыIэхэмрэ, иджырей зэманым къигъэзэгъауэ яда пасэрей лъэпкъ фащэхэр, бзылъхугъэхэм зэрызагъэдахэ цIуугъэнэхэр, цейр, хьэзырылъэхэр, дыжьын бгырыпххэр, щIакIуэр, вакъэр, бащлъыкъыр сыт и уасэ?! Дзасэжь Къазбэч, Бачиев Хьэмзэт, Карчаев Мухьэдин, Бабаев Хьэнэфи, Лэкъун Сэлим, Алий Залым, Рагулин Святослав сымэ ящIа зауэлI щыгъынхэр, афэ джанэр, бийм зэрыпэщIэт Iэщэхэр, сэхэр, къамэхэмрэ сампIэхэмрэ гъэщIэгъуэнщ. Мывэ лъапIэхэмкIэ гъэщIэрэщIа дыщэ, дыжьын Iэлъын, тхьэгъу, пщэхъу, Iэпщэхъу, нэгъуэщI цIуугъэнэхэу Чинхасов Марк, Дубовик Владислав, нэгъуэщIхэми я лэжьыгъэхэр гъэлъэгъуэныгъэм хэтщ. ЛIэщIыгъуищ-плIыкIэ узэIэбэкIыжмэ, Японием къыщагупсысауэ щыта «Мокуме гане» IэмалымкIэ ахэр ягъэхьэзыращ. Уеплъыну гухэхъуэщ дыщэидэмрэ хэдыкIымрэ хуэIэпщIэлъапщIэхэм хухаха плIанэпэхэм. ЗэрытщIэщи, адыгэхэр ижь-ижьыж лъандэрэ къогъуэгурыкIуэ лъэпкъ гъуазджэм и щэхухэм щыгъуазэу, хуэIэпщIэлъапщIэу. Дыщэидэр адыгэ лъэпкъым и щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэм зэращыщым и щапхъэщ и мыхьэнэм хэмыщIауэ, нобэр къыздэсым цIыхухэр а IэщIагъэм зэрыдихьэхыр, ар зэрафIэщIэщыгъуэр. Гъуазджэ нэсым и къарум ар иджыри зэ щыхьэт техъуэ Iуэхугъуэщ. ЖыпIэнуракъэ, лъэпкъ хабзэмрэ щэнхабзэмрэ апхуэдизу хэпщIа хъуа дыщэидэр тхыдэм и къэхъугъэхэр къызэрыщ гъуджэшхуэщ. КъБКъУ-м декоративно-прикладной гъуазджэмкIэ и кафедрэм и унафэщI, «Дизайнерхэм я союз» дунейпсо зэгухьэныгъэм хэт Къанокъуэ ФатIимэ, Тыкъуэ Дианэ, Бэлагъы Заирэ, Бекъан Еленэ, Исмэхьил Дарье, Мамбэт-КIыщ Анетэ, Тхьэгъэлэдж Агнессэ, Аппаевэ Жаннэ, Мелюхаевэ Феридэ, Милосердовэ Еленэ сымэ хадыкIа лъэпкъ дамыгъэхэмрэ тхыпхъэщIыпхъэ зэхуэмыдэхэмрэ, адыгэ ныпыр, чысэхэр, къэлътмакъхэр, бохъшэхэр, щхьэнтэхэр, сурэтхэр, бзылъхугъэ хьэпшыпхэр, хьэпIацIэщыгъэкIэ бла лэжьыгъэхэр узыIэпызышэщ. Мы лэжьыгъэхэм мыхьэнэшхуэ яIэщ лъэпкъым къыдекIуэкI IэщIагъэ дахэр — пасэрей дыщэидэр, хэдыкIыр хъумэнымкIэ, щIэблэр абы дегъэхьэхынымкIэ. Утыку кърахьащ тхыпхъэхэмкIэ гъэдэха унэлъащIэ уасэ зыхуумыщIыфынухэри. Гъунэжт икIи удэзыхьэх защIэт пхъэм, гъуаплъэм, мывэм къыхэщIыкIа хьэкъущыкъухэр, унэлъащIэхэр, саугъэтхэр. Дахащэт тхыпхъэ зэхуэмыдэхэмкIэ гъэщIэрэщIауэ Урыс Аслъэн, Тубайхэ Мурат, Валерэ, Шыдыкъуэ Руслан, Джатэжь Аслъэн, Балъкъыз Арсен, Тхьэгъэзит Алимбэч, Брай Ратмир, Бозий Суфян, Маргъущ Юрэ, Ахматов Мыхьэмэт, Лэкъун Заур, Моисеенкэ Надеждэ, Маглуев Аскэр, Борисенкэ Ольгэ, Цунаев Сергей, Евдокимов Андрей, Батаев Михаил сымэ я сындыкухэр, пхъэм къыхэIущIыкIа сурэтхэр, стIолхэмрэ шэнт щхьэгуэхэмрэ, сэхэр, фIэдзапIэхэр, лъэныкъуитIкIэ укъызыщеплъ хъу сыхьэтыр, нэгъуэщI хьэпшыпхэри. Декоративно-прикладной гъуазджэм сабийхэри зэрыдихьэхыр узыщыгуфIыкI хъун Iуэху дахэщ. Бахъсэн районым хыхьэ Къулъкъужын Ищхъэрэ къуажэм ГъуазджэхэмкIэ и школым и гъэсэнхэу Шыкуэ Рустам, ПщыхьэщIэ Залым, Iэхъуэбэч Iэминэ, нэгъуэщIхэми я лэжьыгъэхэм уримыгушхуэн плъэкIыркъым. Я ныбжьым емылъытауэ, сурэт телъыджэхэр абыхэм я Iэдакъэ къыщIэкIащ. Мы гъэлъэгъуэныгъэм иджыри зэ нэрылъагъу щыхъуащ республикэм и декоративно-прикладной гъуазджэм хэлъхьэныгъэфI хуэзыщIыну, пасэрей IэщIагъэхэм зыщызыгъэгъуэзэну, абыхэм зезыгъэужьыну щIэблэ щIыналъэм зэриIэр. ТЕКIУЖЬ Заретэ. Сурэтхэр МАМИЙ Руслан трихащ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28686.txt" }
Атлетикэ хьэлъэ Сэбаншыр псоми йофIэкI Тэтэрстаным и къалащхьэм щекIуэкIащ атлетикэ хьэлъэмкIэ цIыхухъухэмрэ цIыхубзхэмрэ я урысей чемпионат. Абы Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменхэм зэфIэкI лъагэ къыщагъэлъэгъуащ. Зэхьэзэхуэм ехъулIэныгъэ щызыIэрызыгъэхьахэм дунейпсо гъэмахуэ универсиадэм хэтыну Iэмал ягъуэтащ. Чемпионатым кърихьэлIащ къэралым и щIыналъэ 31-м къикIа спортсмени 100-м щIигъу. КъБР-м и гупым ещанэ увыпIэр зыIэрагъэхьащ. Япэ ищар Москварэ Санкт-Петербургрэ я лIыкIуэхэрщ. Щхьэзакъуэ зэпеуэхэм килограмм 229-рэ къэзыIэта Нарткъалэ щыщ Саламатов Виктор (кг 56-рэ) ещанэ увыпIэр къыщихьащ. Гобеев Михаил (кг 77-рэ) килограмм 335-м пэлъэщри, етIуанэ хъуащ. Бжьыпэр иубыдащ килограмм 361-рэ къэзыIэта Петров Дмитрий (кг 85-рэ). Килограмми 105-рэ зи хьэлъагъхэм я деж пашэ щыхъуащ килограмм 404-рэ зыгъэкъарууа Сэбаншы Мартин. Абы спортым дунейпсо класс зиIэ и мастерым и мардэхэр игъэзэщIа къудейкъым, атIэ УФ-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастерхэу дуней псомрэ Европэмрэ я чемпионхэу Клоков Дмитрий, Константинов Роман, Диманов Андрей сымэ ефIэкIын лъэкIащ. ЕхъулIэныгъэ зыIэрызыгъэхьа ди щIалэхэм я тренерщ Маккаев Махъты, Шэкэм Михаил, Дахкильгов Чингиз сымэ. Бокс Ди щIалэхэм я ехъулIэныгъэхэр Урысей Федерацэм боксымкIэ пашэныгъэ къыщыхьыным Анапэ щекIуэкIа зэхьэзэхуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменхэм зэфIэкI лъагэ къыщагъэлъэгъуащ. Ди щIалиплIым ехъулIэныгъэ зыIэрагъэхьэри, къэралым и командэ къыхэхам хагъэхьащ. Къурмэн Алихъанрэ Гуэщокъуэ Русланрэ етIуанэ увыпIэхэр къахьащ. Къущхьэ Iэминрэ КъардэнгъущI Азэмэтрэ ещанэ хъуащ. Европэм пашэныгъэ къыщыхьыным теухуауэ Ирландием щекIуэкIыну зэхьэзэхуэм ахэр хэтынущ. Спортсменхэр ягъасэ КIэрэф Залым, Къудей Токъан, КIэрэф Тимур, Мэшыкъуэ Валерэ сымэ. Iэпщэрыбанэ зэзауэ Зэуэ блым иратыж Урысейм Iэпщэрыбанэ спортымкIэ и мастер къызэрыфIащамкIэ дамыгъэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсмениблым «Налшык» спорткомплексым щратыжащ. Ар трагъэхуащ и къалэн игъэзащIэу хэкIуэда Дал Амир и фэеплъу къызэIуаха зэхьэзэхуэм. ПщIэ хуащIу ягъэлъэпIащ Ныбэжь Аслъэн, АфIэунэ Аскэрхъан, Нахъуэ Азэмэт, Хъусин Руслан, Хьэгъэжей Инал, Нэгъуей Анзор, Джэрий Руслан сымэ. КъБР-м спортымрэ туризмэмкIэ и министрым и къуэдзэ Мамхэгъ Хьэчим дамыгъэхэр зыхуагъэфэщахэм яритыжащ. Зэпеуэм хэтынухэм ар ехъуэхъуащ, зэфIэкI лъагэхэр зиIэ спортсмен лъэщхэм ядэплъейуэ, езыхэми ехъулIэныгъэхэр зыIэрагъэхьэну. Зэхьэзэхуэм кърихьэлIащ республикэм и спорт клубу 7-м я лIыкIуэхэр. Командэхэм я зэпеуэм япэ увыпIэр къыщахьащ Куба къуажэм къикIахэм. Щхьэзакъуэ зэхьэзэхуэхэм текIуэныгъэ щызыIэрагъэхьащ Тхьэкъуахъуэ Мартин, Косточков Леонид, Къэнэмэт Астемыр, Хъусин Руслан, Тенджыз Арсен, АфIэунэ Аскэрхъан, Борий Аскэр, Шорэ Альберт сымэ. Зэхьэзэхуэр мылъкукIэ къызэригъэпэщащ Дал Амир и къуэш Тимур.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28693.txt" }
Гулъытэм хуэдэ щыIэкъым Сабийхэм я гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэр къызыхуэтыншэу къызэгъэпэщыныр адэ-анэхэр иджыпсту зыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэм ящыщщ. Лэскэн куейм и унафэщIхэм я нэIэ щIэт зэпытщ ари. Иджыблагъэ щIыпIэм лэжьэн щыщIадзащ ныбжьыщIэхэм я узыншагъэр щрагъэфIакIуэ гъэмахуэ лагерхэм. Ташлы-Тала къуажэм дэт «Кавказ пшэплъхэр» лагерымрэ Арщыдан жылэм дэт «Псынэпс» сабий зыгъэпсэхупIэмрэ зэуэ щыIэфынущ ныбжьыщIэ 750-рэ. ЦIыкIухэм зыщагъэпсэхуну лагерхэр лэжьэнущ план хэхахэм тету. Абыхэм къыщыгъэлъэгъуащ сабийхэм драгъэкIуэкIыну лэжьыгъэхэр. Абыхэм къызэщIаубыдэ я нэгу зегъэужьынри, я къэухьым, зэхэщIыкIым хэгъэхъуэнри, творческэ зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэри, еплъыныгъэхэри, эстетикэ, хэкупсэ гупсысэхэм хуэущиинри. Апхуэдэу сабийхэм я гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэр къызыхуэтыншэу, шынагъуэншэу къызэгъэпэщынми зэман хухахынущ. Псом хуэмыдэу гулъытэшхуэ игъуэтынущ бынунагъуэшхуэхэм къахэкIа сабийхэмрэ унагъуэ хуэмыщIахэм щапIхэмрэ. ГУIЭТЫЖ Залинэ. Лэскэн куей
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28695.txt" }
ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым мы спектаклхэм фрегъэблагъэ Мэкъуауэгъуэм и 21-м: Мамий Ержыб. «Псэлъыхъухэр» (гушыIэ) Мэкъуауэгъуэм и 24-м: Шамхалов Мэжид. «Гуащэ ябгэ» (гушыIэ) Мэкъуауэгъуэм и 26-м: Рей Куни. «ЦIыхухъур, цIыхубзыр, хьэдэ мыцIыхур» (гушыIэ) Мэкъуауэгъуэм и 28-м: Толстой Алексей. «Пащтыхьымрэ пащтыхь гуащэмрэ» (драмэ) ЩыщIидзэр сыхьэт 19-рщ. УпщIэ зиIэхэр мы телефонхэмкIэ фыпсалъэ хъунущ: 42-64-94, 42-33-89
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28700.txt" }
УсакIуэ телъыджэ Бещтокъуэ Хьэбас Мы махуэхэм зи ныбжьыр илъэс 70 ирикъуа усакIуэ телъыджэ, тхакIуэ, публицист, журналист Бещтокъуэ Хьэбас псалъэ гуапэкIэ зыхуэзыгъэзэну хуейхэр зэрыкуэдым къыхэкIыу, къытедгъазэу и гъащIэм, и зэфIэкIым и гугъу тщIыну тфIэигъуэщ. ЩIэныгъэ зыбгъэдэлъ, зи къалэмыр пэжым хуэзыгъэлажьэ цIыху гуащIафIэм иджыри зэ дохъуэхъу узыншагъэ быдэ иIэну, зыхуэусэ-зыхуэтхэ лъэпкъым и ехъулIэныгъэ куэдрэ хэплъэну. Бещтокъуэ Хьэбас Къарней и къуэр 1943 гъэм мэкъуауэгъуэм и 5-м Бахъсэн куейм хыхьэ Ислъэмей (Къызбрун ЕтIуанэ) къуажэм къыщалъхуащ. КъБКъУ-м и филологие факультетым щеджащ, МКъУ-м журналистикэмкIэ и факультетыр 1968 гъэм ехъулIэныгъэ иIэу къиухащ. Зы зэманкIэ лэжьа нэужь, ар Мэзкуу аспирантурэм щыщIэтIысхьащ. Ар къиухри, Бещтокъуэр Налшык тхылъ тедзапIэм, къалэ библиотекэм щылэжьащ. НобэкIэ ар Лъэпкъ литературэ музейм и унафэщIщ. Бещтокъуэ Хьэбас илъэс 40-м щIигъуауэ адыгэ литературэм холэжьыхь. А зэманым къриубыдэу абы и Iэдакъэ къыщIэкIащ усэ сборник пщIы бжыгъэхэр: «Ракетодромхэр» (1969), «Розэм и чэзущ» (1973), «Адэжь щIыналъэ» (1978), «Нарт макъамэхэр» (1978), «Напэ» (1985), «ФIылъагъуныгъэ тхылъ» (1988), «Псым щхьэщыт жыг закъуэ» (1991), «Лирикэ» (1993), «Тенджыз Iуфэ гъуэгуанэ» (1998), «Дуней телъыджэ» (2003), «Бжьыхьэ дыщафэ» (2006), «Дыщэхурэ фIамыщIрэ» (2012). 2011 гъэм Хьэбас и усэхэр Къуи Лидэ адыгеибзэм иригъэзагъэри, Мейкъуапэ къыщыдэкIащ. «Чъыг закъу» — аращ тхылъым фIащар. Апхуэдэуи, 2009 гъэм «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ Бещтокъуэм и литературэ-критикэ статьяхэр щызэхуэхьэса «Анэдэлъхубзэм и псынащхьэ» тхылъыр. 1977 гъэм Мэзкуу къыщыдэкIауэ щытащ Плисецкий Герман урысыбзэкIэ зэридзэкIауэ «Красный всадник» усэ тхылъ цIыкIур. Бещтокъуэр и зэфIэкI щеплъыжащ литературэм и жанр зэхуэмыдэхэм: лирикэм, лиро-эпикэм (усэу тха «Мывэ лъэхъэнэ» роман-мифыр), прозэм («УIэзэмэ — куэдрэ!» рассказыр), драматургием («Имыс», «Нэсрэн ЖьакIэ», «КхъуафэжьейкIэ хым зэпрысыкIхэр», «Истамбыл къикIа джэду», «Сэроробот»); апхуэдэуи абы и гуащIэ хилъхьащ литературэ критикэмрэ публицистикэмрэ. КъищынэмыщIауэ, усакIуэм зрипщытащ нэгъуэщIыб-зэкIэ ятха тхыгъэхэр зэдзэкIыным, ар къехъулIауи къэплъытэ хъунущ: цIыкIухэм папщIэ абы зэридзэкIащ лъэпкъ зэхуэмыдэхэм (инджылызхэм, шотландхэм, португалхэм, хорватхэм) я таурыхъхэр («Джек насыплъыхъуэ зэрыкIуар», «Дреглин Хогни иныжьыр», «Жьындур ишхащ», «ШейтIанымрэ зауэлIымрэ», нэгъуэщIхэри), Уильям Шекспир и «Лир пащтыхьыр» тхыгъэ цIэрыIуэр. Бещтокъуэм и IэдакъэщIэкI нэхъыфIхэм ящыщщ критикэми литературэ щIэныгъэми увыпIэшхуэ щызыубыда «Мывэ лъэхъэнэ» роман-мифыр. Лъэпкъ литературэм и хэлъхьэныгъэ хъуащ абы и драматургие тхыгъэхэр: «Имыс», «Нэсрэн ЖьакIэ» (1983 — 1986), «КхъуафэжьейкIэ хым зэпрысыкIхэр» (1986 — 2004), «Истамбыл къикIа джэду» (2004 — 2005); IыхьитIу зэхэлъ «Сэроробот» (1992 — 1995) поэмэр. Адыгэм и набдзэ Зэманыр нэмэз щыгъэм хуэдэу мажэ. Хэт ищIэнт Бещтокъуэ Хьэбасрэ сэрэ ди университетым и япэ курсым дыщыхэсым ар усакIуэ гъуэзэджэ хъуну, нобэ илъэс 70-м и «хьэлъэр и щIыбым зэрилъу», лъэпкъ гупсысэм хуэлажьэхэм жыджэру яхэтыну? ЯпэщIыкIэ Хьэбас сохъуэхъу и усыгъэми и узыншагъэми кIэримычыну, Iэзэу зытетхыхь дунейм гу щихуэну! «Адыгэбзэм» иужькIэ, газетым къыдит Iыхьэ кIэщIымкIэ къыжытIэнщ усакIуэм хузэфIэкIам и кIапэ гуэр. УсакIуэ нэсым и лэжьыгъэр гугъущ. УсакIуэ «къызэрыкIуэ зи мэшхэм» я Iуэхур нэхъ тыншщ, ахэр адрей дыгъуакIуэ ди къэралым щыкуэдхэм ещхьщ: къадыгъу образхэр, рифмэхэр, псэлъэкIэр, гупсысэхэр. Ахэр ягъэпшынэркъым, тутнакъэщми яшэркъым ди юрист «гумащIэ- хэм». УсакIуэ зэчий зиIэу Хьэбас хуэдэхэм, «щIыхуэ лъэпкъ» къащтэркъым, я гуащIэдэкIкIэ зэрагъэпэщ я дуней еплъыкIэ, зыми емыщхь хъэтI, жыIэкIэ, тхэкIэ. Ар куэдым къехъулIэркъым, усакIуэ псоми я IэдакъэщIэкIым телъкъым зытхам и дамыгъэ, адрейхэм ейм химыгъэгъуащэу. Псалъэм папщIэ, Маяковскэм и усэхэр, и унэцIэр темытхами, къыпхуэщIэнущ и «пкIэлъей» сатыр ухуэкIэмкIэ, шэкъэуэжхэм ещхь и рифмэхэмкIэ, и «уафэм щIэуэ» образхэмкIэ. Бещтокъуэ Хьэбаси иIэщ езым и усэкIэ дамыгъэ. Псом япэрауэ, ар зэрытхэ адыгэбзэм хуосакъ, псалъэр «игъэхьэу-лейркъым», хуэфащэ хьэлъэ трелъхьэ. И усэхэм деж къыщымынэу, и статьяхэм щытогузэвыхь адыгэбзэм, абы и щыIэкIэм, и къэкIуэнум. Нобэ адыгэбзэм тетхыхьыныр «модэ хъуащи», абы и гугъу ящI бзэр зымыщIэхэ- ми, хуемыджахэми, езымы- гъэджхэми, алфавитыщIэ къэзыгупсысхэми, ар «ремонт зыщIынухэри» нэхъыбэж мэхъу. Ар кIэ зимыIэ нэгъуэщI псалъэмакъщ. Пэжыр зыщ: бзэр нэхъыщхьэщ адрей щIэныгъэхэм нэхърэ, псом хуэмыдэу тхакIуэм дежкIэ. ЩоджэнцIыкIу Алий, КIыщокъуэ Алим, IутIыж Борис, Бещтокъуэ Хьэбас сымэ цIэрыIуэ зыщIар псом япэ адыгэбзэр фIыуэ зэращIэрщ, шэрыуэу къызэрагъэсэбэпырщ. Пётр Езанэм щIэныгъэ академие къызэгъэпэщын Iуэхум теухуауэ итха япэрей указым сатыр цIыкIуиплI иритхат: «Академие бзэхэр щаджу, нэгъуэщI щIэныгъэхэм, художествэхэм теухуа тхылъхэр щызэрадзэкIыу ухуэн, абы хухахыну щIыпIэмрэ текIуэдэну ахъшэмрэ къэлъытэн». Зэрытлъагъущи, пащтыхьым щIэныгъэ псом япэ иригъэщар бзэрщ. ЕтIуанэрауэ, къыхэгъэщыпхъэщ Хьэбас адыгэ лирикэм и IэфIыгъэм, и мыхьэнэм, и лъагагъэм зэрыхигъэхъуар. Адыгэхэр лIэщIыгъуэ куэдкIэ зауэ-банэм хэкIакъым, ар ди IуэрыIуатэми, блэкIа лIэщIыгъуэм и япэ лъэхъэнэхэм ятха усэхэми, уэрэд гущIыхьэхэми къыхощ. Абы елъытауэ мащIэщ ди лирикэм хэт пейзаж усэхэр, лъагъуныгъэм теухуахэри куэд хъуртэкъым. АдыгэлIым и щхьэм «хуигъэфащэртэкъым» и лъагъуныгъэр сэтей къищIын. Нэхъапэм цIыхубзхэм яуса уэрэдхэми я цIэхэм къыбжаIэ я лъагъуныгъэр «щIахъумэу» зэрыщытар, «Си Вася», «Юрэ», «Боря». Псалъэм папщIэ, фIыуэ ялъагъухэм яхэткъым Хьэбаси, Хьэжбэчыри, Ахьмэди, Хъанджэрий и гугъу умыщIыххэ. Лъэпкъым и хьэл-щэным зехъуэж, абы зэманым зрегъэкIу. Хьэбаси и «зэманыр» къеубыдыф. Абы «Си дахэкIей» уэрэдым фIэкIа имытхатэми, ар къыхэнэнут ди тхыдэм. Мы усэми нэ- гъуэщI куэдми Бещтокъуэм псоми ефIэкIыу къыщегъэсэбэп «олицетворение» зыфIаща Iэмалыр, псэ зыхэмытыр псэ зиIэм хуэдэу къэгъэлъэгъуэныр, мыбы и деж ар пэшым и плIанэпэрщ: «къыпхуэзэш плIанэпэм уогъэзэж». Лъагъуныгъэ зыщIам дунейм «къреIуэкI ар хъыджэбзым зэрыщыщIэр», «пшынэ Iэпэр мэлъаIуэ, пшынэ гъуагъуэр мэщатэ», зэгъэпщэныгъэхэри щIэщыгъуэщ — щIалэм и гур кхъуафэжьей цIыкIуу хышхуэ лъагъуныгъэм кърехуэкI. Усэр зэрапсыхь Iэмалхэщ метафорэр, эпитетыр, зэгъэпщэныгъэхэр. Ди усыгъэм куэд дыдэрэ дыщрохьэлIэ егъэлеяуэ къагъэсэбэпурэ ягъэукъуея зэгъэпщэныгъэхэмрэ эпитетхэмрэ. «Дыщэ» псалъэр щыхъуи щымыхъуи «пэщIащIэ» игъэбелджылы псалъэ къызэрыгуэкIхэм: си хэку дыщэ, си бзэ дыщэ, си анэ дыщэ… Абыхэм уи фIэщ ящIыну хэтщ я Iэпэм «дыщэ къыпыщу», ауэ къагъэлъагъуэр апхуэдэ усакIуэхэм зэчий зэрабгъэдэмылъырщ. Бещтокъуэм и эпитетхэри зэгъэпщэныгъэхэри щIэщыгъуэщ, усэр гукъинэж ящI. Бещтокъуэм и япэрей усэ тхылъым («Ракетодромхэр», 1969) щыщIэдзауэ адыгэ поэзием хигъэхьащ иджырей техникэ щIэныгъэм къиша термин куэд. Апхуэдэ нэщэнэкIэ гъэнщIащ «Сэроробот» зыфIища тхыгъэ гъэщIэгъуэнри. Мыбы и жанрыр убзыхугъуафIэкъым, ауэ, критикэм гу лъимытэщами, ар усакIуэм къехъулIащ, адыгэ ауаным и хэлъхьэныгъэ хъарзынэу къызолъытэ, си щхьэкIэ сыкъапщтэмэ. IутIыж Бориси хуэдэу, Бещтокъуэ Хьэбас жанрхэм я гъунапкъэхэм щикI, жанр зэхуэмыдэхэр зы тхыгъэм щызэдигъэлажьэ урохьэлIэ. Апхуэдэщ иужь зэманым щIэныгъэлIхэмрэ критикхэмрэ зытепсэлъыхь хъуа «Мывэ лъэхъэнэр», роман-миф жыпхъэр зыхуагъэфащэр. Мыбы лирикэми, драмэми, эпосми я Iэмалхэр къыщыгъэсэбэпащ. Псоми зэращIэщи, Бещтокъуэм филологием, журналистикэм хуэгъэзауэ МКъУ-м щигъуэтащ щIэныгъэ куу (къиухащ университетри аспирантурэри). Ар щыгъуазэщ реализмэм и мызакъуэу, нэгъуэщI къэралхэм къыщагъэсэбэпу къекIуэкI Iэмалхэу (ди къэралым ягъэIумпэму щытахэм) литературэм, философием, психологием пыщIахэм. Абыхэм фIыуэ яхэлъхэри къыщигъэсэбэпащ и «Мывэ лъэхъэнэ» романым. Тхылъ- еджэхэм езыхэм къыхахыж ягу ирихь тхыгъэхэр. Ахэр шхыныгъуэм ещхьщ. Хэти фIэфIщ пщэфIыгъуафIэ ерыскъыхэр, хэти шхалъэр гугъу езыгъэхь хьэлыуэр, лыцIыкIулыбжьэр къыхах. Бещтокъуэм и романыр уи щхьэр, акъылыр, псэр гугъу езыгъэхьщ, зыгъэгупсысэщ. (Тынш уеджэну Достоевскэм и IэрыкIхэм?!) ТхакIуэм ди тхыдэр дегъэлъагъуж «джэдыгу зэгъэдзэкIакIэ», ауан ещI Iуэху мыхъумыщIэхэр. Псори къызэщIэпкъуэжмэ, Бещтокъуэ Хьэбас литературэр ипэкIэ зыгъэкIуатэщ, абы хипщэр зы закъуэщ — адыгэм и гупсысэкIэрщ. Аращ абы и усэ дахэ куэд, гупсысэ куу къэзыгъэушхэр хэкум щIытриухуар. ЩIыхьыцIэ щIагъуэ хуамыгъэфэщами, «Бещтокъуэ Хьэбас» жыхуиIэ цIэр Iэджэ и уасэщ. «Лъэпкъым и набдзэ» жезыгъэIахэм яхэбжапхъэщ и ныбжькIи литературэм хуилэжьахэмкIи. БАКIУУ Хъанджэрий, филологие щIэныгъэхэм я доктор. Уиплъэн плъэкIамэ си псэ-псынэм… ХХ лIэщIыгъуэм и 50 — 60 гъэхэм адыгэ литературэм къыхыхьа усакIуэ, тхакIуэ гупышхуэм — Тхьэгъэзит 3убер, Гъубжокъуэ Лиуан, Бещтокъуэ Хьэбас, IутIыж Борис, Бицу Анатолэ, Гъэунэ Борис, Сонэ Абдулчэрим, Ацкъан Руслан, Тхьэзэплъ Хьэсэн сымэ, нэгъуэщIхэми — хэлъхьэныгъэшхуэ хуащIащ лъэпкъ щэнхабзэми, гъуазджэми, литературэми. Псыпэ лъэужьыфIэу къыщIэкIат Бещтокъуэ Хьэбас лъэпкъ литературэм лъапэ махуэкIэ къызэрыхыхьа «Ракетодромхэр» (1969) япэ усэ тхылъыр, зэрыжаIэу, «щэм и щIагъ хъуар». Абы къыщыщIэдзауэ нобэр къэсыху Бещтокъуэр и къару емыблэжу толажьэ лъэпкъ литературэм, критикэм, публицистикэм зегъэужьыным. Ауэ псом ящхьэжращи, ар зэчиишхуэ зыбгъэдэлъ усакIуэщ, абы и усыгъэр къуэпсыбэщ, плъыфэбэщ. Хьэбас и Iэдакъэ къыщIэкIащ зытетхыхь IуэхугъуэкIэ куэду зэщхьэщыкI усэ купщIафIэхэр, усэ Iэрамэхэр, дунейм къытехьащ и тхылъ гъэщIэгъуэнхэр. Бещтокъуэм и IэдакъэщIэкIхэр нэхъыбэу хэкум, цIыхугъэм, дахагъэм, лъагъуныгъэ къабзэм, щIыуэпсым теухуащ. Абыхэм IэкIуэлъакIуэу щызэхэухуэнащ философие гупсысэ куухэр, гушыIэ дахэр, гъащIэм и IэфIыр, и пэжыр къэзыгъэнахуэ дуней лъагъукIэр. АбыкIэ усакIуэ псори зэщхьу къыщIэкIынщ, ауэ дэтхэнэ усакIуэфIми хэлъщ зы лъэкIыныгъэ щхьэхуэ — езым и псалъэр тхылъеджэм щIэщыгъуэ щищIыфу. Апхуэдэщ Бещтокъуэри. Абы сыт щыгъуи езым и дуней еплъыкIэ щхьэхуэ иIэжщ, и усэхэр пэжым и телъхьэщ, къабзагъэм, дахагъэм, гуапагъэм хуэунэтIащ, философие гупсысэ зэмыфэгъухэмкIэ узэдащ. «Пхуэмыгъэдахэмэ гуапэмкIэ, /ГъащIэр — яута чэтщ» жызыIэфа усакIуэм, дауи, а гъащIэри, зыхэпсэукI зэманри, и псэр къуэпс лъэщкIэ зыпыщIа ди тхыдэ гукъутэри куууэ зыхещIэ, къызыхэкIа лъэпкъым и фIым щогуфIыкI, и Iейри «гуащIэу къыщеузым хуэфэщэн еус». Хьэбас и усыгъэр уэгум етащ, абы и «псэр уэгу хуитым йопсэхуэж». Аращ усакIуэм дыкъыщIыхуриджэр цIыхум иджыри иуцIэпIыну зыхунэмыса уэгу къабзэмкIэ нэхъыбэрэ дыплъэну, нэхъыбэрэ Ухыгъэм дегупсысыну, апхуэдэ щIыкIэкIи ди псэр фIеигъэм щытхъумэну. Iыхьэлейм икIауэ усакIуэр егъэпIейтей, тогузэвыхь лъэпкъым и гъащIэм — тхыдэм, нобэрей щыIэкIэ-псэукIэм, къэкIуэнум, анэдэлъхубзэр цIыхухэм IэщIыб ящIынкIэ, ар кIуэдыжынкIэ шынагъуэ зэрыщыIэм: Бзэр тIэщIэкIмэ — дылъэпкъкъым, Акъыл ин ухуэмей КъыбгурыIуэу а тIэкIур Утетыну дунейм. Бещтокъуэм и творчествэм къызэщIеубыдэ дыкъэзыухъуреихь дунейр зэрыщыту, ауэ абы и фIыпIэу къэлъытапхъэщ усакIуэм и лъагъуныгъэ лирикэр. Абы цIыхубэр нэхъыбэу зэрыщыгъуазэр усакIуэм и псалъэхэр зыщIэлъ уэрэдхэмкIэщ: «Си дахэкIей», «Сыт пхуэсщIэнур, сигу?», «Си лъагъуэ», «Изолъхьэ сигу сынэмыкIуэну…», нэгъуэщIхэри. Мы уэрэдхэр и щыхьэт наIуэщ Бещто-къуэм и усыгъэр зэрыкуум къыдэкIуэуи, ар бзэ шэрыуэкIэ зэрыгъэпсам, абы хэт макъ зэщIэжьыуэхэм макъамэм пэджэж ритмикэ шэщIа къызэрагъэщIым. Куэдым гукъинэж ящыхъуауэ, дзапэ уэрэду жаIэ мы едзыгъуэр къызыхэтха «Си дахэкIей» уэрэдыр: Хышхуэ лъагъуныгъэр Къэукъубеяуэ Си гур кхъуафэжьейуэ кърехуэкI. Дуней сызытетыр Схуэмыгъэбэяууэ Уэ сызэрыпщыщIэр къызеIуэкI. Езыр куэд дыдэу зэтепщIыкIыжми, Хьэбас и лъагъуныгъэ усэхэм нэхъыщхьэу щыпхрышар гухэлъ нэхукIэ гъэнщIа псэм нэхъ къабзэ зэрыщымыIэрщ. Аращ усакIуэр псэ-псынэм и образ телъыджэ къигъэщIыным хуэзыгъэушэри: Уиплъэн плъэкIамэ, си псэ-псынэм — Псэм щыкIэзызу уи сурэтыр Къалъагъужынти гуфIэу уи нэм, Уэ зэхэпхынт псынэ уэрэдыр. Бещтокъуэм и усыгъэр гумрэ псэмрэ нэхъ яхуэгъэзауэ, цIыхум и псэкупсэ дунеймрэ уэгумрэ я зэхуаку дэтми, усакIуэм гулъытэ хэха хуещI щIылъэм и дахагъым, адэжь щIыналъэм и теплъэ гуакIуэм. НэгъуэщIу жыпIэмэ, Бещтокъуэм и усыгъэм къыхощхьэхукI щIыуэпсым триухуахэр. УсакIуэр зыхуэусэ псоми псэ зыIутым хуэдэу захуегъазэ, абы и усэхэм къыхэщ щIыуэпсыр цIыхум хуэдэу мэпсэу: магъ, мэуз, мэхущхьэ, мэгуфIэ, мэхъуапсэ: «Уафэр псафэ ежьэжащ», «Уафэр уэшхкIэ акъылыфIэу матхэ», «Уэсыр щабэу мэбауэ», «ГуфIэжу мывэхэм загъэпскI», «Жыгхэм письмо тхьэмпэ нызэхуатх», «Дыгъэр уафэ натIэпэм тест»… Бещтокъуэ Хьэбас ноби адыгэ литературэм жыджэру хэтщ, ар ди усакIуэ пашэу жыпIэми, ущыуэнукъым. УсакIуэм и творчествэр нэхъ куу хъууэ, гъащIэм и щэхухэр псэкIэ къихутэу, а къихутар усэбзэ дахэкIэ ди пащхьэ кърилъхьэжыфу къогъуэгурыкIуэ. Япэ ита адыгэ усакIуэ-тхакIуэхэм, дунейпсо усыгъэм и ехъулIэныгъэхэр къызэдиубыдыфкIэрэ, и гукъыдэжымрэ и гуащIэ мыкIуэщIымрэ хилъхьэкIэрэ, Бещтокъуэм хьэкъыу ди фIэщ ещIыф литературэм и фIыпIэу жыхуэтIэ усыгъэм гъащIэ кIыхь къызэрыпэщылъыр, ди бзэр зэрефIакIуэр, абы ириусэни а усэр зыгъэлъэпIэни нобэкIэ зэрыщыIэр. И псэ-псынэ лъащIэншэм кърих дахагъэрэ къабзагъэкIэ зыщалъхуа щIыналъэри и лъэпкъэгъухэри зыгъэгушхуэ, зыхалъхуа зэманыр IуэхуфIхэмкIэ зыгъэнщIыф Бещтокъуэ Хьэбас дохъуэхъу и гъащIэри и гуащIэри кIыхь, куу, бгъуфIэ хъуну, усыгъэм и лъагапIэщIэхэр къызэригъэIурыщIэн къару, узыншагъэ, гукъыдэж мыкIуэщIыжкIэ Тхьэр къыхуэупсэну! ХЬЭВЖОКЪУЭ Людмилэ, филологие щIэныгъэхэм я кандидат, КъБЩIКъИ-м къэбэрдей-шэрджэс литературэмкIэ и къудамэм и щIэныгъэ лэжьакIуэ. Дыщэхурэ фIамыщIрэ Адыгэ литературэр зи фIыщIэкIэ ефIакIуэхэм я пашэхэм ящыщщ Бещтокъуэ Хьэбас. Иджыблагъэ усакIуэм къыдигъэкIа тхылъым («Дыщэхурэ фIамыщIрэ». Роман-дневник, поэмэхэр. Налшык. «Эльбрус», 2012 гъэ.) ущеджэкIэ гу лъыботэ усакIуэр хабзэу зыхуигъэувыжам зэрыхуэпэжым. Роман-дневникыр жанру къищтэркъым усакIуэм. Романыр и лъэпкъым и гъащIэм, и нобэм хуиIэ Iуэху еплъыкIэщ — лъагъуныгъи, лъэпкъым и тхыдэм гъащIэм кърит дэрэжэгъуи, пIейтеигъуи къыщиIуатэу, ауэ нэхъыбэу гухэщI, зэгуэп хэлъу къыпщигъэхъуу – леищэ зриха и лъэпкъым папщIэ тхыдэм хуэгъэзауэ. Романым къыхощ езыр зэрыщыту — къэзыухъуреихь дунейр, дунейм и къэхъукъащIэхэр, цIыхум, и лъэпкъым зэрахущытыр фэрыщIагъэ хэмылъу игъэлъагъуэу. Хроникэ щIыкIэу тха дневникым усакIуэм и гъащIэр накIэнащхьагъи, фэрыщIагъи хэмылъу уи пащхьэ кърегъэувэ. Бещтокъуэ Хьэбас хуэдэу Хэку и дахэ зыIэт, Хэку и бэлыхь дэхыщIэ адыгэ усакIуэ уигъэлъыхъуэнщ. Адыгэ тхыдэр къызыпхыкIа лъэпощхьэпохэр, псэзэпылъхьэпIэхэр, абыхэм я «фIыщIэкIэ» лъэпкъым къыщIэкIуар къимыпщытэжын хузэфIэкIыркъым. Хэхауэ къипщытэж къудейм къыщымынэу, гущIэр пеIуэнтIыкI «Мазибл зауэр» зыфIища усэм, адыгэм ди фIыпIэр зыхэкIуэда гузэвэгъуэшхуэм теухуам. Мы усэр эпическэ тхыгъэшхуэкIэ пхуэмыIуэтэн гупсысэрэ гурыщIэрэ зыхэлъ IэдакъэщIэкIщ: Шуудзэу щытахэр лъэсыдзэу зэхэтщ, Затын хуагъэфащэркъым я щхьэ. КъикIуэт мыхъужыну шэ уэфым пэщIэтщ, КъыпыткIуу лъы пщтырхэр я Iэщхьэ. А махуэм нэхъ фIыцIэ иIа Къэбэрдейм?! А махуэм мыгъуагъэр и абгъуэт. ПщIыхьэпIэр — дыдейщ. Хэкур тепщэхэм ейщ. Адыгэм ди тхыдэр — мыгъуагъэт. (нап. 19) Бещтокъуэ Хьэбас и роман-дневникымкIэ ди пащхьэ щигъэлъагъуэ «нравственность» — напэ, цIыхугъэ жыхуэтIэжыр ди гъуазэу дунейр дызэхэмытмэ, мы дызыщыпсэу щIы хъурей цIыкIур зэтещэхэныр бетэмалщ — мыращ нэхъыщхьэ дыдэуи, нэхъ лъапIэ дыдэуи усакIуэр зыгъэпIейтейуэ, псори зыхуэсакъыпхъэу и тхылъым пхыкI гупсысэр. Сыт хуэдизыпсэ щагъэнрэ дунеижьым, Сыт хуэдизыпси делагъэм Тыхь хуащIа! ГущIэгъу къахуэщI итынухэм ди ужьым Ди гъащIэ зэIыщIар къэзыгъэщIам. (нап. 23) Дахагъэ, дэрэжэгъуэ, гущIэгъу, лъагъуныгъэ, хэбгъэзыхьмэ, кIэщIущыгъэ — фIы и лъэныкъуэкIэ гъащIэм и пщалъэ дэтхэнэми я теплъэ ущыхуозэ романым. И псалъэхэм псэ хэлъщ, ауэ усакIуэм и псэм тыншыгъуэ зыдигъуэту «роман-дневник» зыфIища тхыгъэшхуэм хэбгъуатэр нобэм «щIыуэпс» псалъэ дахэ къызыхуагъуэтыжа природэм абы и гупэр щыхуэгъэза мащIэрщ. Хьэуэ, щыIэщ нэгъуэщI гуэри, псалъэм папщIэ, творчествэм кърит дэрэжэгъуэр. ИтIани, щIыуэпсыр нэхъ фIэIэфIщ, нэхъ фIэрафIэщ. Дриплъэнти абы хуэгъэпса сатырхэм. Хьэцыбанэм и дахэгъуэщ, И щхьэумэр — Iэгу ущIащ. ИкъукIэ гуапэу и бэуэгъуэр Мы гъэмахуэр къысIущIащ. (нап.16) Зэгъэпщэныгъэ дахащэщ Iэгу ущIам гъэгъа дахэр ебгъэщхьыныр. АдэкIэ метафорэ телъыджэхэмкIи къыпIуощIэ: МазэщIэм сигу къысфIиуIам СемыIэзащIэу хъуакъым. (нап.17) Мес акъужь гуапэри: Псэр игъэбауэрэ, бауэу езыри, Хадэм къолъадэ акъужь. (нап. 21) Абы къыдэкIуэуи метафорэр зэшэкIыжа эпитеткIэ гу лъетэ мазэныкъуэ жейбащхъуэм: Пшэ кIапэм телъу мазэ ныкъуэ Жейбащхъуэм вагъуэхэр егъэхъу. (нап. 23) ИкIи елъагъу: Пшэхэр Iуву, пхъашэу, пшэру Уэгум къозэрыгуэ. Жьыбгъэр тхьэмпэм щыуэршэру ЕIуэтэж зи лIыкIуэр. (нап. 25) ИкIи илъагъу къудей — хуопабгъэ хадэм къыхэлъадэ акъужьым дэуэршэрыну: НакIуэ, бжьыхьэ хадэм Дахэу дыхэгъэт. Акъужь къыхэлъадэм Жэуап гуэр едгъэт. (нап. 29) Хуэпабгъэ къудейми къыщымынэу, къигъуэтынуи хэтщ: Псэхугъуэр… Дэнэ ар здэщыIэр? УпIейтеиIуэу бгъэщтагъэнщ. (нап. 30) ИтIани игу зыхуеIэр мыращ — щIыуэпсым и IэфIыр щызу щызыхэпщIэрщ: Мэз сигу къэкIащ, мэз щхъуантIэ, Бзухэр щызэрызехьэу, Тхьэмпэр акъужь зыпхъуатэм Нурыр и хъыбарзехьэу. (нап. 32) Игу зыхуеIэ мэзым къыдэкIуэуи елъагъу: Зэгуигъэпауэ псыхъуэ зэвым Псыр лъэпэрапэу йобгъунлъэх. (нап. 33) Гу лъимытэуи къанэркъым: Нур пщIыпщIым дэнэхуу Гъэгъахэр зэхэтщ. … Акъужьыр щэхубзэу ЗыщIыпIэ къокIыж… (нап.10) УсакIуэм игу пхъэрыр зыхуэмыгъуэ дунейм кIэлъыплъ къудейкъым, хьэмэрэ дэубзэрабзэу къэнэжыркъым, усакIуэм и гур, хуэсакъыпэу ихъумэу, етащ фIэIэфI дунейм: Мо бзу пIыщIахэр зэгурыIуэу Къамышэжыфмэ дыгъэр, Мы щIы ешар къэнэнкъэ гуIэу, ИмыIэу зыщыгугъи. (нап. 34) Псэм и макъамэхэм, псэм и щIыкIэм, зэрызихъуэжым, зэрызиужьым ехьэлIауэ усакIуэм и къэхутэныгъэ ин дыдэ и дэтхэнэ тхылъыми пхыкIыу урохьэлIэ. Мы дызытепсэлъыхь тхылъри псэм и Iэужь къудейкъым, псэм пыщIа къэхутэныгъэхэр зэпыу имыIэу щригъэкIуэкI IэдакъэщIэкIщ. Ноби илъэс блыщI зи ныбжь усакIуэм и щIасэщ псэр, псэм и пшыналъэр Iэтыныр, псэм и лъахэр къэхутэныр, псэм зегъэузэщIыныр и гуращэ нэхъыщхьэщ: Псэм зиужьурэ зиIэтмэ, Лъагэуи къоплъыхыжыф… Сабиигъуэ, уи мэкъу Iэтэм Мазэр къыхызохыжыф. (нап. 65) УсакIуэр диущиину ныкъуакъуэркъым, дуней телъыджэм и зэхэлъыкIэр зым зыр къызэрыхэкIым, зым зыр зэрыпыщIам, и дыщэхуи и фIа-мыщIи зэрызэхэухуэнам дыкIэлъигъэплъ мыхъумэ. Апхуэдэу къыпфIэщIу Пшэ нэзым ущIэплъу… Уздэплъэм зыфIэпщIэу Пшэ уагъэр дыщэплъу. Дыщэхурэ фIамыщIу Уи гъащIэр зэхэлъу… Щэху куур къыпхуэмыщIэу Уэгу жыжьэм ухэплъэу.(нап. 67) Гу лъытапхъэщ зи гугъу тщIы тхылъым усакIуэм и гражданскэ лирикэр нэхъ лъэщ щыхъуа къудейм къыщымынэу, езым и псэм щыщIэхэр зэриIуатэ (медитативнэ лирикэ), и лъахэм, лъэпкъым хуиIэ лъагъуныгъэр зэриIэт (патриотическэ лирикэ) и усыгъэм и къарур зыхуэдэр зыгъэнахуэхэр нэхъапэм зытригъэува лъагапIэм зэрытетым. Зи гугъу тщIыхэм и эпическэ лирикэр хэплъхьэжмэ, адыгэ лъэпкъ псор дызрипэгэн усакIуэщ Бещтокъуэ Хьэбас. И псалъэ гъэпсыкIэм, псалъэуха ухуэкIэм, зэпэлыдыж рифмэхэм узыIэпашэ, IупщIщ, куущ къаIуатэ гупсысэр. Бещтокъуэ Хьэбас усакIуэу щымытынкIэ Iэмал имыIэу и натIэм къритхауэ къалъхуащ. И насыпти, абы пасэу гу лъитэжа къудейкъым, атIэ и натIэ къритхар мыубзэщхъуу егъэзэщIэф. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, дылъэпкъышхуэкъым, цIыхушхуэ къытхэкIыр дуней псом къебгъэцIыхуныр къару лей зытекIуадэщ, уеблэмэ къыдэмыхъулIэщ. Хьэбас дунейпсо поэзием и жьантIэм дэтхэм яхэуващ «Адэжь щIыналъэр» къызэрыдигъэкI лъандэрэ. Нобэ ди пащхьэ кърилъхьа «Дыщэхурэ фIамыщIрэ» зыфIищар нэхъапэкIэ къыдигъэкIахэм къахэувэ IэдакъэщIэкIщ. Роман-дневникым къыдэкIуэ драмэхэми хэхауэ тепсэлъыхьыпхъэщ, ауэ, си гугъэмкIэ, Хьэбас и драмэхэр нэхъ «зыхуэныкъуэр» ахэр зыгъэувыну гукъыдэж зиIэ режиссёррэ абы зэригъэувын мылъкурэщ. Бещтокъуэ Хьэбас адыгэ лъэпкъым и псэм и къабзагъэр ихъумэфам къыщымынэу, игъэлъэгъуэфащ. Хьэбас псэууэ фэеплъ хуэфащэщ, щхьэусыгъуэ гуэркIэ ди лъэпкъым игу ар къэмыкIми. ШэсыпIэ уихьэми ущыуэнукъым: Хьэбас и IэдакъэщIэкI телъыджэхэр, Нало Заур и новеллистикэр, адрей ди усакIуэ-тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэм я фIыпIэм щIыгъуу, дунейпсо утыку итхьэмэ, яхуэмыIуэтэщIу яджынущ. Илъэс блыщI ныбжьыр иджыри жьыгъэкъым, «къару илъыгъуэ» жыхуаIэм хуэдэщ, Бещтокъуэм и тхылъым тепщIыхьмэ. Дауэ зыдмыщIами, сыт хужыдмыIами, Бещтокъуэр классикщ. ЕхъулIэныгъэхэр уиIэу иджыри куэдрэ адыгэ лъэпкъми адыгэ литературэми уащхьэщытыну, усакIуэ щыпкъэ! ШащIэ Алик. ХьэтIохъущокъуэм и хадэм зыщегъэпсэху. 2012 гъэ Тхьэм къыпхупищэ! ЩыIэщ усакIуэ цIыху хэхахэм я гум дыхьэу, и усэхэм ятхьэкъуу. Абыхэм ящыщщ Бещтокъуэ Хьэбас, ауэ сэ къызолъытэ ар адыгэ псоми ягу дыхьэ усакIуэ пажэу. И усэхэм, поэмэхэм къаIуатэ усакIуэм хэкур, цIыхур, гъащIэр фIыуэ зэрилъагъур; пэжым, захуэм и телъхьэу и къалэмыр фIым зэрыхуигъэлъащэр. Бещтокъуэ Хьэбас езым и хъэтI иIэжщ, бзэм и IэфIымрэ и дахэмрэ зыхещIэ, ар тхылъеджэхэм я деж нехьэсыф. ЦIыхум и гупсысэр фIым къыхуэзыгъэуш, адыгэ щIэблэр гъэсэнымкIэ, щIэныгъэ етынымкIэ сэбэпышхуэ хъу тхыгъэхэщ абы и къалэмыпэм къыщIэкIхэр. И гупсысэм и къэухьыр, и бзэм и шэрыуагъыр гъунапкъэншэщ. Зы егъэджакIуи бгъуэтынкъым Бещтокъуэм и усэхэр ирагъэджыну зыфIэмыфI, сыту жыпIэмэ, ахэр гъащIэм и плъыфэ псори къэзыгъэлъагъуэщ, купщIэ зыхэлъщ. Уи гъащIэм тхьэм къыпхупищэ! Мы усэр тыгъэ пхузощI УсакIуэр мэIущащэ, къалэмкIэ мэпэщащэ. Псалъэм хелъхьэ усэ жылэ. Игъэину адэжь лъапсэр, усэ дахащэ, Хуиусыну щалъхуа къуажэ. Жылэм зитIэпIри усэу къэкIащи, Мэгъагъэ дахэкIейуэ, сэтэнейуэ. Ар усакIуэм и зэфIэкIщ, къехъулIащи, Псэр мэгуфIэ Iыхьэлейуэ. Усэ птхыхэр цIыхум ейуэ, Гури псэри дыщIыбгъуащ. Вагъуэхэм щыщ зыр ууейуэ, Адыгэ уафэм щыпынащ. УсэщIэ птхыхукIэ гущIэр уогъэнэху. Зыгуэрым и акъылым уемыхъуапсэ. Хэкури, лъэпкъри, бзэри къыпфIэIуэхущ. Уопсэу цIыхум щхьэкIэ, пIуту адыгэпсэ. Шыгъушэ Хьэбас, егъэджакIуэ-методист. Зеикъуэ къуажэ. Бещтокъуэ Хьэбас УсэщIэхэр Къэнэну ди лъэпкъ узыхуэлэжьар, Уи тхыгъэ тIэкIухэр зыхузэIупщар? Культурэм къыхэзышэр зи мэзылIхэр, Ди нобэкIэ зи пашэр бэзэрылIхэр? Къэхъунур пщIэрэ? — Зэгъэпэщ зы уэщ… Къэгъанэ… Тхьэшхуэм зэригъэзэхуэнщ. * * * Iуэхум лъы ткIуэпс къыхэмыщу Лъэпкъыр зэхуэтшэсыжу, Къэвэныр хабзэ дымыщIу, Нэхъ къабзэм дыкъыщыжыу ПщIыхьэпIэ дахэ слъагъури, СыкъызэфIэтIысхьащ. Слъэгъуар гум игъэщIагъуэри, ТIэкIуи къыстепыхьащ. * * * Сабиигъуэ къэрэкъурэ, Иджы нэхъ ужэпхъагъэнщ. ГъащIэ дахи гъащIэ гугъуи Псышхуэм ныхэхуэжагъэнщ. Псэм зиужьурэ зиIэтмэ, Лъагэуи къоплъыхыжыф… Сабиигъуэ, уи мэкъу Iэтэм Мазэр къыхызохыжыф. * * * КъэпIуэтэну пхузэмыгъэзахуэр, Уи усэбзэм къыхудэмышейр, Къыдэсеижынщ къэсынщи махуэ, ЗыхищIауэ узэрыпIейтейр. Уи псэр фIыкIэ куэдрэ пIейтеину Щхьэр теухуэ, тхьэкIумафIэщ Iейр. Iейрщ хэзыгъэзыхьу дуней иныр, ЖэщкIэ щэхуу псэр зыгъэпIейтейр. * * * Адэ жыжьэу, лъагэу-лъагэу ДыщызэIуощIэжыр. Сянэр магъ, сэ согумахэ, ЩIымкIи сыкъоплъэжыр. Нэпс къыхэщыркъым зэIущIэм, Псэхэм нэпс ямыщIэ… Си фIэщ хъуркъым мы зэIусщэр Сянэм зыхимыщIэу.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28701.txt" }
Налшыкдэсхэм къыхуащIа тыгъэ «Урысейм и театрхэр — Кавказ Ищхъэрэм» Iуэху яублам щыщу, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым щагъэлъэгъуащ Тургенев Иван и «Дворянское гнездо» романым къытращIыкIа спектаклыр. Фестивалыр Лъэпкъхэм я къэрал театрым къызэригъэпэщащ, УФ-м и Президентым и Администрацэр, УФ-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэр и дэIэпыкъуэгъуу. Къыхэгъэщыпхъэщ, Налшык нэмыщI, спектаклыр Мэхъэчкъалэ, Владикавказ, Назрань, Черкесск, Грознэ къалэхэм зэрыщагъэлъагъуэр. 1856 — 1858 гъэхэм Тургенев Иван итха «Дворянское гнездо» романыр 1959 гъэм япэу «Современник» журналым къытрадзауэ щытащ. ЗэрыжаIэмкIэ, абы лIыхъужь нэхъыщхьэу хэт Лаврецкий Федор и хьэл-щэнхэм зыкъомкIэ тохуэ а ролыр зыгъэзащIэ, «Утомленные солнцем-2», «Вербное воскресение» фильмхэм, «Бригада» телесериалым, режиссер цIэрыIуэхэм ягъэува иджырей фильм 40-м нэблагъэм хэт Дюжев Дмитрий. Урыс классикэм дихьэххэм хуабжьу ягу ирихьащ Чехов Александр и цIэр зэрихьэу Москва дэт Художественнэ театрым (МХТ) и артистхэм я джэгукIэр. Актерхэм я фэилъхьэгъуэхэр, жаIа романсхэр гукъинэжт. Спектаклыр зыгъэувар УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ, режиссер Брусникинэ Маринэщ. Лизэ и ролыр Гладких Янэ егъэзащIэ, Гуляевэ Нинэ — Марфэ, Егоровэ Наталье — Марье, Брусникин Дмитрий — Леммэ, Гладковэ-Глинкэ Ксение — Варварэ, Чекмазов Эдуард — Михалевич, Хованская Аленэ — Беленицынэ, Пресман Дмитрий — Беленицын, Тимофеев Владимир — Гедеоновский, Левкин Павел — Паншин, Лемешкэ Еленэ — Наста-сье. Театрыр фIыуэ зылъагъу налшыкдэсхэм спектаклыр щIэщыгъуэ зэращыхъуар наIуэу актерхэм Iэгуауэшхуэ хуаIэтащ. Кулиев Къайсын и цIэр зезыхьэ Балъкъэр драмэ театрым и унафэщI Жангуразов Мэжид актерхэм фIыщIэ яхуищIри, удз гъэгъахэр яритащ. Къыхэгъэщыпхъэщ «Урысейм и театрхэр — Кавказ Ищхъэрэм» жаIэу кърахьэжьа Iуэхум театр гъуазджэм зиужьынымкIэ мыхьэнэшхуэ зэриIэр. БЖЬЫХЬЭЛI Розэ. Сурэтхэр КАЮДИН Евгений трихащ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28706.txt" }
ЛIэужьыр бжьиблкIэ мауэ Уэрэзей Афлик и усэхэр щызэхуэхьэса тхылъыщIэ иджыблагъэ дунейм къытехьащ. УсакIуэм щIэджыкIакIуэхэм ди пащхьэм кърелъхьэ хэкум, цIыхухэм я зэхэтыкIэм теухуа, езым и гурыгъу-гурыщIэхэр къызыхэщ и IэдакъэщIэкIхэр: Сабий дыхьэшхым и пшыналъэр, Махуэ дыгъэпсым и бзий налъэр, Куэбжэпэм плъыру щыт дэшхуейр — НэгъуэщI насыпу сыт сыхуей? Псэ къабзэ зиIэ усакIуэм нэсу зыхещIэ мылъкур насып зэрымыхъунур. Абы дежкIэ псом нэхърэ нэхъ лъапIэр зытет дунейм и дахагъымрэ ар зи щIэщыгъуэ сабий цIыкIухэм я макъ къыщыIу лъахэмрэщ. Насыпыр насыпыфIэу зубжыжынырщ — ар куэд зытетхыхьа хьэкъщ. Ауэ Уэрэзейм а насыпыр зыхилъагъуэр зи гугъу тщIам и закъуэкъым. ЩIалэ пагэм пщащэ нэмысыфIэр къыдихьэхамэ, «насып хъумапIэу и лъахэм дежкIэ ебж». Нэхъ гъэщIэгъуэныжырщи, и щхьэ закъуэ насыпкъым усакIуэм къилъыхъуэр, лъэпкъым, цIыхухэм ядилъагъуну зыхуей, зэрахуэупсэ фIыгъуэр къайхъулIэмэ, езы Уэрэзей-усакIуэм дежкIэ аращ насып хъужыр. «Адыгэ», «Адыгэ губгъуэ», «Адыгэ уэрэдыжьхэр», «ЛIэужь» усэхэм Хэку лъагъуныгъэр, ар зэрылъапIэр бзэ дахэкIэ къыщыгъэлъэгъуащ. Философие гупсысэ куу щIэлъщ «ЛIэужь» жыхуиIэм. Iыхьиблу зэхэт мы усэм зи гугъу щищIыр иджырей зэманымрэ тхыдэм хыхьэжа блэкIа дыгъуасэмрэ зэпэщIэпх мыхъуну зэрызэпыщIарщ, а тхыдэр узэрыхуейуэ жыпIэ, къиптхыкIыж зэрымыхъунурщ. Псом хуэмыдэу лъэпкъым и къекIуэкIыкIам, и нэгу щIэкIахэм а пцIыр зэрыхэмызэгъэнурщ. Шым и образымкIэ мы усэм дэ щыдегъэлъагъу, пцIэгъуэплъым тесу щыта шууейр щымыIэжми, псэущхьэм дежкIэ ар зэрыпсэур, и гукъэкIыжхэм зэрыхэтыр. Мы усэр зытеухуар адыгэ лъэпкъым и нэгу щIэкIа гузэвэгъуэрщ, нобэ ди тхыдэр пцIы зэфэзэщу къизытхыкIыжхэм ират нэмыплъырщ. Ауэ апхуэдэхэм я мурадыр къазэремыхъулIэнум, пэжыр зэи зэрыпхущIэмыхъумэнум и щыхьэтщ еханэ Iыхьэм кIэух хуищIыжа усэ сатырхэр: ИмыIэжми къэгъазэ блэкIам, Шым щыгъупщэркъым нэгум щIэкIар. БжьиблкIэ уэнущ иджыри лIэужьыр, Ихъумэнущ абы лъэпкъ лъэужьыр. Лъэпкъыпсэр зи псэм хэлъ адыгэ лIыхъужьхэм, пасэм щыIэу щыта нэхъыжьыфI жьакIэхухэм я образыр зи гупсысэхэм хэмыкI усакIуэм и нэгуми къыщIыхьэу къыщIэкIынущ абыхэм я теплъэр. Арагъэнущ мы псалъэхэмкIэ Уэрэзейм «ЛIэужьыр» щIиухыжыр: Си пщIыхьэпIэм щыпсэу си нэхъыжьым Игу сеуэнкIэ сышынэу сожей. Сыкъэушмэ жьыуэ пщэдджыжьым, Нэхъ щIэщыгъуэу солъагъур дунейр… Зи щIалэгъуэхэри дахьэхынущ лъагъуныгъэм теухуауэ мы тхылъым ит «ЖыгыщIэ», «ТIэкIу нэщхъейуэ, жыг щIагъ жьауэм щIэсу», «Дыгъуэпшыхь сэ слъэгъуати зы пщащэ», «ЩIымахуэ пшыхьым», «Псым хэдзэ, къащти сигу къэплъар», «Сыт къэхъуар мы пщыхьэщхьэм», «Уэшхыр дыжьын жьгъейуэ», «Къэзгупсысри уи Iэпкълъэпкъ пщыкIутIыр» усэхэм. ЦIыхум и гухэлъри нэмрэ псэмрэ къыIуидзэ дахагъри адрейхэм я лъагъукIэм ещхьын хуейуи къыщIэкIынкъым. Къыхэгъэщыпхъэщ лъагъуныгъэми ныбжь зэримыIэр. Iэпкълъэпкъыр жьы хъуми, гум жьыгъэ зэрыщIимыхур, дахагъкIэ, къабзагъкIэ ар зэрыхъуапсэр, зыми жамыIа, зыми емыщхь гурыщIэ къэIуэтэкIэ тхакIуэм зэриIэжыр къыхощ мы усэм. Псым хэдзэ, къащти сигу къэплъар, Псы щIыIэ мылкIэ схуэгъэупщIыIу. ГурыщIэ пщтыру къэкъуэлъам Джанэбгъэм къринакъым щIыIу. «ЛIэужь» тхылъым ихуа дэтхэнэ зы усэри щIэщыгъуэщ, бзэ дахэкIэ тхащ. УсакIуэр зытепсэлъыхь сыт хуэдэ Iуэхугъуэри уи нэгум IупщIу къыщIигъэувэфу къехъулIащи, лIэужь махуэ тхьэм тхуищI. Лъэпкъыр игъэгуфIэу мыпхуэдэ тхылъ купщIафIэ куэдкIэ иджыри къытхуэупсэну ди гуапэщ. НАФIЭДЗ Мухьэмэд.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28711.txt" }
«Селигер-2013» зэхуэсым хэтынущ КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэм хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэ гуп хэтынущ «Селигер-2013» щIалэгъуалэ егъэджэныгъэ форумым. Апхуэдэ унафэ къыщащтащ КъБР-м и Правительствэм и зэIущIэм. Ди щIалэгъуалэр къэралпсо зэхуэсым зэрыхэтыр сэбэп мэхъу абыхэм ябгъэдэлъ творческэ жэрдэмым нэхъри зиужьынымкIэ, я социальнэ жыджэрагъым адэкIи хэхъуэнымкIэ», — жиIащ КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Семэн Пщыкъан. «Селигер-2013» щIалэгъуалэ зэхуэсыр бадзэуэгъуэм Тверь областым щекIуэкIынущ. Ди республикэм икI щIалэгъуалэ гупыр зэхуэсым хэтыфын папщIэ, щIыналъэ бюджетым къахуеутIыпщ сом мин 344-рэ. Ар къыщыгъэлъэгъуащ «Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIалэгъуалэр (2009 — 2015)» республикэ программэ хэхам. ТАМБИЙ Линэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28714.txt" }
Узыншагъэм и хъумакIуэхэр ягъэпажэ Налшык къалэ дэт Къэрал киноконцерт гъэлъэгъуапIэм мэрем кIуам щекIуэкIащ медицинэм и лэжьакIуэхэр щагъэлъапIэ пшыхь. ЗэIущIэ гуапэм хэтащ КъБР-м и Парламентым, Правительствэм, министерствэ щхьэхуэхэм я лIыкIуэхэр. Чеченов Ануар Шэт Ирмэ йохъуэхъу. Япэу утыкум кърагъэблэгъащ КъБКъУ-м и медицинэ къудамэр мы гъэм къэзыух ныбжьыщIэхэр, абыхэм къызэхуэсахэм я пащхьэм урысей дохутырым и тхьэрыIуэр щатащ. КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен медицинэм и лэжьакIуэхэм Зэрызахуигъазэм къеджащ республикэм и Правительствэм и УнафэщI Хьэсанэ Руслан. АдэкIэ абы езым псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ зи махуэшхуэр зыгъэлъапIэхэм. — Дохутыр IэщIагъэр жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъщ икIи икъукIэ лэжьыгъэ хьэлъэщ, — жиIащ Хьэсанэ Руслан. — Абы къыхэкIыуи дохутырхэм пщIэшхуэ яхуэфащэщ. Тыншкъым махуэ къэс цIыхум и узыншагъэм, апхуэдэу щыхъукIи, и гъащIэм и «хъумакIуэу» ущытыныр. Фи дежщ къыщежьэр жылагъуэ узыншэм и лъабжьэр. Нобэ медицинэм псынщIэу зеужь, щIэныгъэр и пIэ иткъым, къэхутэныгъэщIэхэр, гъэунэхуныгъэхэр гъащIэм хэпща мэхъу. Абы къыхэкIыу медицинэм и лэжьакIуэхэми, я IэщIагъэм ехъулIэныгъэ щаIэн папщIэ, зэманым зыдрагъэкIукIэрэ, а унэтIыныгъэм щIэуэ къыхыхьэ псоми зыщагъэгъуэзапхъэщ. Iэмал имыIэу хущIэ- къун хуейщ я зэфIэкIым, Iэзагъэм зэрыхагъэхъуэным. КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Хьэсанэ Руслан и хъуэхъу. Хьэсанэ Руслан тепсэлъыхьащ къалэшхуэхэм щыIэ медицинэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм республикэм зэгурыIуэныгъэ ярищIылIауэ ныбжьыщIэхэм я щIэныгъэм абыхэм щыпащэну, IэщIагъэлIхэм я Iэзагъэм щыхагъэхъуэну дяпэкIэ Iэмал зэраIэнум. — Псом хуэмыдэу псалъэ гуапэхэр яхуэфащэщ республикэм и медицинэм зи гъащIэр тезыухуа нэхъыжьыфIхэм, — къыхигъэщащ Хьэсанэм. — А IэнатIэм зегъэужьыным абыхэм хуащIа хэлъхьэныгъэр къэлъытэгъуейщ. Ахэращ нобэрей ди медицинэм и лъабжьэ быдэр зыгъэтIылъар. Абыхэм я зэфIэкIым къыпащэкIэрэ, дохутыр IэщIагъэм хуэпэжу нэхъыжьхэм я лъагъуэм ирикIуэнухэр диIэну догугъэ. Медицинэм и лэжьакIуэ псоми сынывохъуэхъу узыншагъэ быдэ фиIэну, фи IэнатIэм ехъулIэныгъэхэр къыщыфхьыну. АдэкIэ Хьэсанэ Руслан КъБР-м и Правительствэм и ЩIыхь тхылъхэр зыхуагъэфэщахэм яритыжащ, фIыщIэ тхылъхэмкIэ игъэпэжащ республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэм илъэс куэдкIэ хьэлэлу хуэлэжьа нэхъыжьыфIхэр. — Дэ тщыщ дэтхэнэ зыми жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъ икIи пщIэшхуэ зиIэ IэщIагъэр къыщыхихым, шэч хэмылъу, и нэгу къыщIигъэхьащ цIыхухэм зэреIэзэну, абы узыр зэращхьэщихыну щIыкIэр, — жиIащ КъБР-м узыншагъэр хъумэнымрэ курортхэмкIэ и министр Шэт Ирмэ. — Дохутырхэр зэгуэр зэIэза псори яцIыхуж жыхуаIэр, пэжщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ дэтхэнэми уи псэм щыщ Iыхьэ гуэркIэ удогуашэ, нэгъуэщIуи IэщIагъэм упэрытыфынукъым. Абы и лъэныкъуэкIэ нобэрей махуэшхуэр тхузэфIэкIар къыщытпщытэж икIи адэкIи тщIэнур щыдубзыху зы гъунапкъэу къызолъытэ. Къапщтэмэ, мы илъэсыр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэм дежкIэ тыншу щытакъым — лэжьыгъэм зэхъуэкIыныгъэхэр зэрыхэтлъхьэным дыхущIэкъуащ. Шэч къытетхьэркъым апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм республикэм и медицинэ IуэхущIапIэхэм я лэжьыгъэр куэдкIэ зэрыригъэфIэкIуэнум. Узыншагъэр хъумэн IэнатIэр егъэфIэкIуэн программэм ипкъ иткIэ, IуэхущIапIэу 26-м зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIащ. Ахэр нэхъ зыхуэныкъуэ хьэпшыпхэмкIэ къызэрагъэпэщащ, псори зэхэту Iэмэпсымэ зэхуэмыдэу 1200-рэ къащэхуащ. Санитар машини 126-м ГЛОНАСС спутник навигацэр ирагъэуващ, диспетчер станцхэр, медицинэ дэIэпыкъуныгъэ псынщIэмкIэ IуэхущIапIэм и пэшхэр зыхуей IэмэпсымэхэмкIэ къызэгъэпэщащ. IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэм IэнатIэ яIэным и Iуэхури ипэкIэ мэкIуатэ. Апхуэдэу абыхэм я псэупIэр ирагъэфIэкIуэнымкIэ ядэIэпыкъуным епхауэ къыхалъхьа «Къуажэ дохутыр» федеральнэ программэмкIэ ныбжьыщIи 136-м сом мелуан зырыз иратащ. Мы илъэсым къуажэхэм щыIэ медицинэ IуэхущIапIэхэм IэщIагъэлI ныбжьыщIэу 44-рэ дгъэкIуэнущ а программэмкIэ. ЕхъулIэныгъэ ди мащIэкъым, ауэ адэкIи зэфIэгъэкIыпхъэу къытпэщылъхэри куэд мэхъу. НэгъуэщIуи хъунукъым — медицинэр ар зыужьыныгъэщIэхэм псынщIэу дэбэкъуэн хуей IэнатIэщ. Пэжщ, дэтхэнэ зэхъуэкIыныгъэми гугъуехь пыщIащ, щIэм зэуэ уесэныр тыншкъым, ауэ сэ шэч къытесхьэркъым, дызэкъуэту Iуэхум дыпэрыхьэмэ, къытпэщылъ къалэнхэм дазэрыпэлъэщынум. Сынывохъуэхъу узыншагъэ быдэ фиIэну, гуфIэгъуэр щытепщэ махуэ дахэ куэд фи гъащIэм хэтыну, фи нэхъыжьхэм я жьауэм фыщIэту, фи сабийхэм я ехъулIэныгъэхэм фригуфIэу фыпсэуну. КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Чеченов Ануар къыщыпсалъэм къыхигъэщащ медицинэм и лэжьакIуэхэм хуэдэу, цIыхухэм я дзыхь зрагъэз нэгъуэщI зыри зэрыщымыIэр икIи абыхэм ехъуэхъуащ сымаджэхэр къазэрыщыгугъыр ягъэпэжыфу, абыхэм я щытхъум щымыщIэу я IэнатIэм пэрытыну. Республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэм ехъулIэныгъэфIхэр къыщызыгъэлъагъуэ лэжьакIуэхэм иратащ КъБР-м и Парламентым и щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр. Псалъэ гуапэ куэд хужаIащ а махуэм медицинэм и лэжьакIуэхэм. Апхуэдэу абыхэм я махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуащ КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министру илъэс 25-кIэ лэжьа Бер Мухьэдин, республикэм и Жылагъуэ палатэм и тхьэмадэ Тау Пщыкъан, КъБР-м и Профсоюзхэм я унафэщI Амщокъуэ ФатIимэт сымэ, нэгъуэщIхэри. Апхуэдэу а махуэм КъБР-м узыншагъэр хъумэнымрэ курортхэмкIэ и министерствэм и щIыхь тхылъхэр хуагъэфэщащ республикэм и медицинэ IуэхущIапIэхэм я лэжьыгъэр тэмэму къызэгъэпэщауэ екIуэкIынымкIэ дэIэпыкъуэгъу хъу ведомствэ щхьэхуэхэм я унафэщIхэм. ЗэIущIэр ягъэдэхащ республикэм и уэрэджыIакIуэхэу Тхьэгъэлэдж Светланэ, Шэрджэс Iэсият, Зеущэ Iэуес, Текуев Амур, Абэнокъуэ Рустам, Мэкъуауэ Альмирэ, Жанатаев Даут, Бозий Зураб, «Кабардинка», «Балкария» ансамблхэм, нэгъуэщIхэми. ЩхьэщэмыщI Изэ. Сурэтхэр тезыхар МАМИЙ Русланщ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28717.txt" }
Нобэ 1956 гъэм Налшык музыкэ училищэ къыщызэIуахащ. СурэтыщI-живописец Индрис Залымхъан къызэралъхурэ илъэс 73-рэ мэхъу. Москва щызэхэтынущ СНГ-м хыхьэ къэралхэм я Экономикэ советым и зэIущIэ. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 21 — 22-рэ, жэщым градус 18 — 19 щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28724.txt" }
«Мэшыкъуэ-2013» зэхыхьэм зыхуагъэхьэзыр КъБР-м и Правительствэм унафэ къищтащ Кавказ Ищхъэрэм и щIалэгъуалэр щIэныгъэкIэ щызэхъуэжэну «Мэшыкъуэ-2013» лагерым республикэм и лIыкIуэхэр гъэкIуэным теухуауэ. КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Семэн Пщыкъан зэрыжиIамкIэ, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и субъектхэм ящыщ щIалэрэ хъыджэбзу политикэм, экономикэм, инновацэхэм, жылагъуэ Iуэхухэм, граждан жэрдэмхэм, гъуазджэм, творчествэм дихьэххэр щызэхуэсыну зэIущIэм хэтын папщIэ нобэм ирихьэлIэу проекти 120-рэ къыхалъхьащ. Министрым къигъэлъэгъуащ «Мэшыкъуэ-2013» лагерым Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и махуэ, КъБР-м и щIэныгъэм, литературэмрэ гъуазджэмрэ, спортым щаIэ ехъулIэныгъэхэм я гъэлъэгъуэныгъэ зэрыщыIэнур, ди артистхэм махуэшхуэ концерт зэратынур. Мы Iуэхугъуэхэм трагъэкIуэдэн папщIэ республикэм и бюджетым и ахъшэу сом 1 мелуаным щIигъу хухахащ. КъБР-м и Правительствэм къищтащ республикэм и щIалэгъуалэр «Мэшыкъуэ-2013» лагерым зэрыкIуэнум хуэгъэхьэзырынымкIэ къызэгъэпэщакIуэ комитет. Абы и унафэщIщ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Портэ Галинэ. КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28726.txt" }
Дызэкъуэтмэ, псори тхуэгъэкъаруунущ — аращ гупсысэ нэхъыщхьэу щыIуар дыгъуасэрей зэIущIэм КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Хьэсанэ Руслан дыгъуасэ къызэхикIухьащ республикэм щылажьэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэр икIи къэрал унафэр зыIэщIэлъхэмрэ цIыхубэмрэ зэпызыщIэ IэнатIэхэм я Iуэху зыIутыр зригъэщIащ. КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Хьэсанэ Руслан «Адыгэ псалъэ» газетым и хьэщIэщым зэIущIэ щрегъэкIуэкI. «Къэбэрдей-Балъкъэр» ГТРК-м и телевиденэм и IуэхущIапIэр къызэхиплъыхьа нэужь, премьер-министрымрэ абы и къуэдзэ Къуэдзокъуэ Мухьэмэдрэ яIущIащ Къэзанш Людмилэ зи унафэщI лэжьакIуэ гупым. Телевиденэр и къызэгъэпэщыкIэкIи, и купщIэкIи, и лэжьыгъэкIи зэманым зэрыдекIум, IэмэпсымэхэмкIэ, IэщIагъэлIхэмкIэ къызэрызэгъэпэщам, хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмрэ къэрал къулыкъущIапIэхэмрэ зэрызэдэлэжьэн хуей щIыкIэм, нэгъуэщI куэдми тепсэлъыхьащ зэIущIэм хэтахэр. АдэкIэ къулыкъущIэхэр еблэгъащ ПечатымкIэ унэм. КъБР-м хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин хьэщIэхэм яригъэлъэгъуащ «1 КъБР» ТВ-р щылажьэ пэшхэр. ИужькIэ Хьэсанэр яIущIащ республикэ газетхэм я редактор нэхъыщхьэхэмрэ телевиденэм и лэжьакIуэхэмрэ. ЗэIущIэр щекIуэкIар «Адыгэ псалъэ» газетым и хьэщIэщырщ. Правительствэм и УнафэщIым редакторхэм яжриIащ я лэжьыгъэр сыт щыгъуи ирагъэфIакIуэу ипэкIэ кIуэтэн зэрыхуейр, махуэ къэс зытепсэлъыхьхэм нэмыщI, мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ пыухыкIахэм сыт щыгъуи гулъытэ зэрыхуащIыпхъэр. — Дэ Iуэхур зэрызэфIэкIынум теухуауэ къатщтэ унафэмрэ ар гъэзэщIа щыхъумрэ я зэхуаку пIалъэ гуэр дэлъщ, уеблэмэ илъэс зыбжанэ къиубыду кIыхь дыдэ щыхъу щыIэщ. А зэманым екIуэкI лэжьыгъэр зыхуэдэр къэвгъэлъагъуэу, ар зэрызэдмыгъэтIылъэкIар цIыхубэм къевгъащIэу фылэжьэныр сфIэигъуэщ, — жиIащ Хьэсанэм. — ЦIыхухэр къызэрытщыгугъ псори зэуэ тхузэфIэкIыркъым, къару дыщримыкъуи, хэтлъхьэну ахъшэ дыщимыIи къохъу, ауэ къытпэщылъ къалэнхэр мащIэ-мащIэурэ догъэзащIэ. Псом нэхърэ нэхъыщхьэр дэ тщIэмрэ зи ужь дитымрэ фэ къывгурыIуэнырщ, ар дахэу, зэпкърыхауэ цIыхубэм я пащхьэ ифлъхьэжыфынырщ. Хьэсанэ Русланрэ Къуэдзокъуэ Мухьэмэдрэ «Советская молодёжь» газетым и редакцэм щIыхьащ. Псори дызэгъусэу делэжьын хуейщ къэкIуэнур фIы зэрытщIыным, ди псэукIэр зэредгъэфIэкIуэным. Сэ сызытетыр мыращ: пщIар зэфIэкIащи, абы утемыпсэлъыхьыжу, къыкIэлъыкIуэ Iуэхум иужь ихьэ. ИтIанэ нэхъыбэм дыхунэсынущ, нэхъ псынщIэу зыдужьынущ. ХъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэм я Iуэху зыIутыр кIэщIу республикэм и премьерым жриIащ Къумахуэ Мухьэдин. Абы къыхигъэщащ нобэкIэ газетхэмрэ телевиденэмрэ я лэжьыгъэр къызэрызэрагъэпэщымкIэ зэрыарэзыр. — Дэ Парламентымрэ Правительствэмрэ я лэжьыгъэр зэрекIуэкIыр екIуу къэгъэлъэгъуэныр япэ идгъэщ Iуэхугъуэхэм ящыщщ. Ауэ Iуэхум хэлъ мыхьэнэ нэхъыщхьэмрэ нэхъ зытегъэщIапхъэ унэтIыныгъэмрэ гу лъыдагъатэмэ, итIанэ газет псоми телевиденэхэми я хъыбар къэтыкIэр нэхъ лъэщ хъунущ, — жиIащ Къумахуэм. — Къыхэзгъэщыну сыхуейщ анэдэлъхубзэкIэ къыдэкI газетхэм — «Адыгэ псалъэмрэ» «Заманымрэ» хъыбарыщIэхэр къызэрытрадзэм нэмыщI, бзэр, хабзэр хъумэным, тхыдэм, блэкIам цIыхубэр щыгъэгъуэзэным ехьэлIауэ лэжьыгъэшхуэ зэрырагъэкIуэкIыр. Абы и лъэныкъуэкIэ, куэд щIауэ игу щIэныкъуэ гъэсэныгъэр абыхэми я пщэ къызэрыдэхуэр жиIащ Хьэсанэм. — Дызэрыт лъэхъэнэм гъэсэныгъэ лэжьыгъэр IэщIыб тщIауэ къысщохъу, абы щыхьэт техъуэ Iуэхугъуэхэм махуэ къэс дрохьэлIэ, — жиIащ Правительствэм и УнафэщIым. — ЩIэблэм бзэр Iэмал имыIэу ящIэн, гъэсэныгъэ яхэлъын зэрыхуейри, хабзэр зэрызэрахьапхъэри къыщежьэр, дауи, унагъуэращ, школращ, ауэ цIыхубэм я гупсысэкIэр зыунэтI фэри фи пщэ къалэн пыухыкIахэр къыдохуэри, ар нэхъ тэмэму цIыхубэм я пащхьэм зэритлъхьэным девгъэгупсыс, апхуэдэ дыдэуи зи гугъу тщIым и лъэныкъуэкIэ дэ, унафэщIхэм, ди Iэр зыхунэмысхэр дывгъэлъагъуж. А Iуэхур егъэфIэкIуэн зэрыхуейр сэ сощIэ, ауэ псори дызэгъусэу ар къыхэтлъхьэн, зэпкърытхын, цIыхухэм къагурыдгъэIуэн хуейщ. Унафэ пыухыкIа къатщтэмэ, Iуэхур нэхъ тыншу зэфIэтхыфынущ. — Бзэр ди щIалэгъуалэм зэраIурымылъыжыр нобэ къежьа гуныкъуэгъуэкъым, — жиIащ «Заман» газетым и редактор нэхъыщхьэ Аттаев Жэмал. – Куэд щIащ ди щIэблэм урысыбзэмрэ инджылызыбзэмрэ нэхъ япэ ирагъэщ зэрыхъурэ. Абы и щхьэусыгъуэр ди анэдэлъхубзэхэр зыщIыпIэ дежи зэрыщымылажьэрщ, къызэрамыгъэсэбэпырщ. Си щхьэкIэ, КъБР-м и Парламентми Правительствэми, зэзэмызэ нэхъ мыхъуми, щыIун хуейуэ къызолъытэ анэдэлъхубзэр, ар зыми къыфпиубыдуи си гугъэкъым. Бзэр я гъащIэм къызэрыщамыгъэсэбэпырщ, я IэнатIэм зэрыщыхуэмейрщ апхуэдэ гугъуехьхэр къэзышэр. Абы и жэуапу Хьэсанэм жиIащ жылагъуэ гупсысэр къызэщIагъэуIуэу а Iуэхум елэжьын, зи бзэр зэзымыпэсыж щIалэгъуалэм ящIэр зэрыкъуаншагъэр къагурыгъэIуэжын, гъэукIэтын зэрыхуейр, бзэр щыIуну къуажэ щэнхабзэ зэIущIапIэхэр къызэрыгъэщIэрэщIэжыпхъэр. Газетхэр нобэкIэ зыIууэ гугъуехьхэм, тиражыр зэрымащIэм, Iэ щIэзыдзхэм ят ахъшэм и Iыхьэ мащIэ дыдэ фIэкIа редакцэм къызэрыIэрымыхьэжым, нэгъуэщIхэми теухуауэ къэпсэлъащ «Адыгэ псалъэ», «Советская молодежь» газетхэм я редактор нэхъыщхьэхэу ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ Къардэн Мухьэмэдрэ. Журналистхэм къагъэлъэгъуа гуныкъуэгъуэхэм лъабжьэ зэраIэр, ауэ ахэр ямыгъэзэкIуэжыфыну зэрыщымытыр жиIащ Хьэсанэ Руслан. НэщIэпыджэ Замирэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28729.txt" }
«Адыгэ хьэблэм» сыщохьэщIэ 2012 гъэм «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм къыдигъэкIащ Къаныкъуэ Заринэ и «Адыгэ хьэблэ» усэ тхылъыр. Сыщалъхуа къуажэжь сыдыхьэжарэ, симыгугъэххауэ, къэзгъуэта псынэ къыщиудам зызмыгъэнщIу сефэм хуэдэу, мыбы ит усэхэр псэм хущхъуэ хуэхъурт. Тхылъым темэ зыбжанэ щызэпкърех: лъагъуныгъэ, ныбжьэгъугъэ, адэ-анэм, къыдалъхуам хуиIэ щытыкIэ, щIыуэпсым и щэхухэр, нэгъуэщIхэри. Мыр гупсэхуу щIэбджыкIа нэужь, гурыщIэу хъуари, дуней къэхъукъащIэхэри зы къупхъэм изыгъэбыдэж темэ абрагъуэ псоми я гущIыIу къокIуэ. Ар лъэпкъым и Iуэхурщ. Абы къытепщIыкIащ тхылъым и фIэщыгъэцIэри. Художественнэ къэгъэщIыныгъэ гуэр седжэну сыпэрыхьамэ, си хьэлщ япэ дыдэ абы и фIэщыгъэцIэм гулъытэ хуэсщIу. Япэу гур зыхуэкIуа гупсысэр нэгъуэщIу къыщыщIидзыжи щыIэщ, фIэщыгъэм узыхуишам нэхърэ нэхъ лъагэжу къыщIэкIынкIи хъунущ абы къыщыппэплъэр. Заринэ и тхылъым фIищам къызита гупсысэмрэ сыкъыщеджэм сызыхэта дунеймрэ зэтехуащ. Тхылъым зэреджэ хабзэми тIэкIу сытекIащ мыр къыщысIэрыхьам — япэ напэкIуэцIым къыщыщIэздзакъым. ЗыкъыхэзыгъэщхьэхукIыу, зи къегъэжьапIэр тхылъым и гущIыIум къытехута усэр къыщIэзгъэщри, япэу сыкъеджащ: Адыгэ хьэблэ, адыгэ къуажэ, Псыкъуийм къищ вагъуэр щыгъэу зыгъажэ. Нэхъыби сыкъемыджэ щIыкIэ усакIуэпсэм къыпкърыкIа псалъэхэм сызэщIаубыдащ. Адыгэ гупсысэр дунейм, щIыуэпсым хьэлэмэт гуэру ирипхащ. «Вагъуэр щыгъэу зыгъажэ» псалъэхэр нэм къыфIонэри, а псалъищым адэкIэ къыкIэлъыкIуэну сатырхэм ухуагъэхьэзыр хуэдэщ. ЗыхыбощIэ, къуажэр, хьэблэр гупсысэ хьэлъэ гуэрым зэриIыгъыр. Гупсысэм щIэлъ гуауэр адэкIэ гурыIуэгъуэ мэхъу: Мыжеижыфу къэна уи щэхухэм, Хы Iуфэ жыжьэр ноби я плъапIэщ. НэхуапIэу плъагъум хуощIыр гукъанэ, Къэнар уи мащIэщ, къэкIуэжыр хамэ? Мэщатэ уафэр, вагъуэр щибжыжкIэ, Сыныжь кIуэдыжхэм ящIэткъым зы жьи. Жэуап къалъыхъуэу псэхэр зэрощIэ, ЩIым къыхуеплъыхыу жэщ уафэм хопщIэ. «Мэщатэ уафэр, вагъуэр щибжыжкIэ»… Мы гущIагъщIэлъыбзэр псэм апхуэдизкIэ арэзыуэ къещтэри!.. Лъэпкъыр гуауэм хегъащIэ, и быныр зэрыримыкъужым къыхэкIыу, жыхуиIэщ. ПщIыхьэпIэ гуэрхэр къаIуатэ щэхуу, Щихужь мыжейхэм я лъабжьэ щIэхуэу. Псыкъуий лъащIэхухэм нэса гукъанэр Къыхуибгъэхъуами, ефэфкъым нанэ. Нэхущым ипэ хоушэ дадэ. Адыгэ къуажэ, ухэмыкIуадэ! Гуауэр нэхъ гущIыхьэ дыдэу зыхэзыщIэр нанэщ, дадэщ — жьыкIэфэкIэрщ. Гукъеуэр иныщэщи, нани егъэгуауэщхьэуэ, дади жейм езэгъыркъым. ИтIани… Усэм и кIэух сатырым гугъэ къыпхелъхьэжри, абыкIэ псори щIэгъэбыдэжа мэхъу. Мы усэр зыхэтыр «Си лъахэ» Iыхьэрщ, ауэ абы къыкIэлъыкIуэ «ИстамбылакIуэмкIи» йоIэ. «Си лъахэ» циклым Къаныкъуэр щытотхыхь дунейм и дахагъым, лъахэм и гуапагъым, хэкум и лъапIагъым. Мы Iыхьэм хигъэхьащ адэ-анэм, дэлъхум, лъэпкъым и цIыхухэм ятеухуа IэдакъэщIэкIхэр. Мыбы къыщыхьащ куржы-абхъаз зауэм хэкIуэда и дэлъхум хуигъэпса, псэ хуабагъэ зыщIэлъ усэ гумахитIи. УсакIуэм и къэгъэщIыгъэщ жэщым къеныкъуэкъур. Къаныкъуэми и пщIыхьым къыхохьэ анэкъилъхур: Жэщ щIагъуэ дэмыкIыу къыхохьэ си пщIыхь си дэлъху щымыIэжу зи мащIэр гуэныхь. УсакIуэм и дежкIэ пщIыхьыр лъапIэщи, игуи пыкIыркъым. Абы къыхыхьа дэлъхур щым пэтми, макъ гуэри къэзымыгъэIу абы и теплъэр лъэкIамэ, нэгум иджыри щIигъэтынут: Си дэлъху си псэ Iыхьэр Къызоплъ, йоплъыхыж. … Жэщ ныкъуэм къихь пщIыхьыр Нэхущым сIехыж. («Жэщ щIагъуэ дэмыкIыу») Хьэлэмэтщ усакIуэм Нало Заур хуитха «Адыгэ псысэ» усэр. Адрейхэм ар зыгуэркIэ къахэщу, ямыщхьу къысщыхъуащ. НэгъуэщIу жыпIэмэ хъэтIыщIэ гуэр хэслъэгъуащ. Абы и щхьэусыгъуэри ар зытеухуам и деж щыслъагъумэ сфIэзахуэщ. Усэм и сатыр къэсыху нэжэгужагъэ къыпех. Заринэ и усэм Заур и псэм щыщ хэлъу къысщыхъуащ. ЩIэхыу си гур кIуащ Налом и новеллэхэм я къэгъэщIыкIэм. Таурыхъым хэхутэу зыщызыплъыхьа усакIуэм фIыщIэр «Дадэ махуэм» ейуэ къелъытэ: … Ди лъэпкъым и псысэр Зытхыж Дадэ махуэм ЖетIэну къыттохуэ: «Уэ ухъу жьыщхьэ махуэ!» («Адыгэ псысэ») Лъэпкъ Iуэхум игъэпIейтей усакIуэр гулъытэншэу блэкIыфакъым ЦIыпIынэ Аслъэн и гуауэм. Абы теухуа уситI зэуIуу тхылъым итщ. Лъэпкъым и хэщIыныгъэшхуэр усакIуэм и бзэкIэ къеIуатэ. Ар зы сатыр закъуэкIи гурыIуэгъуэщ: Мы щIымахуэм и щIыхуэр пшыныжыгъуейщ. («УситI») «ИстамбылакIуэ» Iыхьэм щызэхуэхьэсащ усэхэмрэ зы поэмэрэ. Абы и джэлэсыр «ИстамбылакIуэ» поэмэрщ. Заринэ къегъэлъагъуэ лъэпкъым къытепсыха гуауэр, зэпымыууэ абы егъэгуауэщхьэуэ. Си Iэпкълъэпкъым лъы щIэтыхукIэ, Сэ сы-адыгэнущ. Сыадыгэу сыпсэухукIэ, Си гум мыр къеуэнущ… Поэмэр къызэрыщIидзэ мы псалъэхэр тхыгъэм и кIыхьагъкIэ зыбжанэрэ къыщытегъэзэжащ. Зы къэIуэтэныгъэ Iыхьэ иуха нэужь, а едзыгъуэмкIэ щIигъэбыдэж хуэдэщ, сыту жыпIэмэ, и гукъеуэр иухыркъым. Хэкум и гуауэм къыпкъ-рыкIа гъыбзэу дыкъеджэ щхьэкIэ, мыбы нэгъуэщI зы макъ мыхьэнафIи щIэтщ. Адыгэр зэуIу ищIыжыну, хамэ щIыпIэ щыIэхэр къришэлIэжыну къыхуреджэ. Поэмэм и кIэухым ар щыгурыIуэгъуэщ: Лъэпкъым гъыбзэ хуэзусыну, Си гум къысхуимыдэ. Зызущэхуу сыщысыну, Си гум къысхуимыдэ. Хамэ щIыгу щыпсэу адыгэр ЩIэмыкIын си нэгум. Сыадыгэу сыпсэухукIэ, Къезджэжынщ ди Хэкум! Гупсысэ гуэрэным зэщIиIыгъа гур игъэIэфIыжыну «Гупсэхугъуэ» Iыхьэр къехь усакIуэм. Мыхэр гъащIэм арэзы утехъуэну, къуипэсар бгъэлъэпIэну, зыхэпщIам ухущIемыгъуэжыну узыгъэIущ усэхэщ. Аращ, «НапIэр къэпIэтмэ махуэщ, Ухэмыхьэну плъэмыкIыу» («Нэхурэ къабзэу уи пэшыр») — щIыжиIэри. Дэрэжэгъуэ къыпхалъхьэ усэ щIэщыгъуэ цIыкIухэм: Дыгъэ плъыжьым си къэхъугъэр егъэлъапIэ, И плъыжьыгъэр къызолъагъу зэтелъми напIэр. Си къэхъугъэм сыхуеихукIэ сроджэгур. Сыкъелъагъури схуегъэдахэ сщIэхэр уэгум. ГъуэгурыкIуэу сыхэплъэнущ щIым щекIуэкIхэм. ГъуэгубгъуитIым къепщIэкIахэм сахэтынущ. Ауэ ахэр къыщыхъунур сыхьэт дэкIмэщ. АпщIондэху сыумэзэхауэ сыщысынущ… («Гъуэгу сыщытехьэкIэ») Сыхьэт дэкIмэ, гъуэгу теувэну пщащэм уэгури, «дыгъэ плъыжьри», щIыри и телъхьэщ. УсакIуэм и насыпым щхьэусыгъуэ хуэхъур абы и усыгъэм къыщыгъэлъэгъуащ: Къыхызохыж блэкIам щыщу Иджыри къыумыщIауэ си жагъуэ, Уэшх къешхым и макъым дедаIуэу, Дэ дымакъыншэу дгъэкIуа сыхьэтыр… БлэкIам къыхещыпыкIыж нэхъыфIыр, нэхъ дахэр, хьэрэмыгъэншэр. ИтIани, и жагъуэ къащIа нэужьи къилъыхъуэр гуапагъэщ: Къыхызохыж нобэм щыщу Уэ, къэзыщIам си жагъуэ, Щыпхуэзгъэгъуа дакъикъэр («Къыхызох») УсакIуэм и гущIагъщIэлъыр сэтей къызэрищI Iэмалхэр гъэщIэгъуэнщ. ЩIыуэпсым псэкIэ зыпещIэри, ар и дэIэпыкъуэгъуу гур зылъыхъуэр къипщытэну и ужь йохьэ. Деплъынти, «Сэ сожьэжыр, уи жагъуэ умыщI» усэ цIыкIум: Сэ сожьэжыр уи жагъуэ умыщI… Гъуэгур пшагъуэщ, си пщIыхьхэр нэхъ IупщIщ. Си гур мафIэщ-уэшх-уэс къэслъыхъуэнщ. СыппэIэщIэм — си лажьэр къэсщIэнщ. Гур къезыхуэкIым и лъыхъуакIуэ ежьэнущ. Щылъыхъуэнури, зызыхуигъазэр щимылъагъуну щIыпIэщ. ЗэхэгъэкIыныгъэ езыгъэкIуэкIым и дежкIэ «бзыщIащ» зэрыт щытыкIэм зэреджэр. Ар зэпымычу зыгуэр мэлъыхъуэ: Сэ къысщыщIым зэреджэр бзыщIащ, Узигъусэщ-уэ, сщыщ ухъупащ. СыIукIуэтмэ нэхъыфIу къысщохъу. СыздэкIуэнумкIэ уэшхыр къыщошх. Япэ сатырхэм дыщеджэкIэ, лирическэ лIыхъужьым езым и гурыщIэр игъэунэхужыну гъуэгу техьауэ къыпща- гъэхъу. Ауэ… Абы къыгурыIуэркъым нэгъуэщI зыгуэри: Укъысхуейуэ сыхуейщ зыхэсщIэн… Си гур мафIэщ — зыхуейр хэт ищIэн?.. «Гупсэхугъуэм» къыкIэлъокIуэ «Псэм и налкъутхэр» Iыхьэр. Дахэ гуэр лъыхъуэ, пэплъэ цIыхум насыпыр и хамэкъым. Заринэ и усэхэм ар къыхощ. Гур зыIэпызышам и псалъи, и Iуэхуи телъыджэ защIэщ: Уи зы псалъэр щIым и Iыхьэщ, КъыкIэлъыкIуэр уэгум хэтщ. Уэ телъыджэм урилIыкIуэщ, УкъэсщIэну сэ сыхэтщ. («Уи зы псалъэр щIым и Iыхьэщ»). ЩыIэщ дакъикъэхэр уафэм удэплъеймэ, абы фIэкIаи хэмылъу насыпыфIэу зубжыжу. Зэман мащIэкIэ фIэкIа а гурыщIэм узыщIимыIыгъэми, ар куэд и уасэщ. Дауэ хъуми, насыпым уIуоплъэ, хэгъэрей ухуохъу, улъоIэс. Абы щыгъуэм узэрыта щытыкIэм къебгъэгъэзэжыну, ар иджыри зыхэпщIэну псэр мэлъаIуэ. Заринэ зы усэ цIыкIу закъуэкIэ а лъэIур егъэзэщIэф: ЗыкъэсщIэжри гъэмахуэт, Жызумейри къэгъагъэрт. Сыгъуэща зи мыгугъэ Дыгъэм сэ зыхуэзгъафIэрт. Сыпсэуну сыгугъэу, СыщыIэну сыхъуапсэу ГъэфIэгъыбзэкIэ дыгъэм Сыздришэрт и лъапсэм… («ЗыкъэсщIэжри — гъэмахуэт») ЗыгуэркIэ гъащIэм игъэдзыха цIыху мыбы къеджэмэ, си фIэщ хъуркъым гупсысэ фIэрафIэ гуэр къыхыхьэжу, мурад щIэрыщIи имыщIыжыну. Заринэ и лъагъуныгъэ лирикэр жыжьэ ноIус. Лъагэщ лирическэ лIыхъужьым и гухэлъыр: Гухэлъыр IэфIт, Гухэлъыр узт. Щысхэтым сфIэфIт, ЩысхэкIым скъузт. Гухэлъыр пщIыхьт, Гухэлъыр пщIыпщIт… Ар зым емыщхьт, КъызэмыупщIт: Укъысхуея? Укъыспэплъа? Пэжуи, гухэлъ IэфIыр къыщыкъуэкIыр ущемыжьарщ, къыздыкъуэкIри ущыпэмыплъа лъэныкъуэмкIэщ. УсакIуэм зэрыжиIэщи, ар упщIи пылъкъым. Ауэ мэусэ. Гухэлъ къепсыхам гум ирит щытыкIэр телъыджэщ: Дунейм хуэдизыр Сигу къэплъарт. Гухэлъыр схэзт, ИмыIэу нэз… Ар дэни нэст, Псэр зыщIэхъуэпст. Гухэлъыр-сэрт, ЩIыщыIэр-уэрт… «Нэз имыIэжу» гурыщIэм зэщIищтэпа гум усакIуэр къыщипсэлъыкIкIэ, псалъэ лъагэхэм уэгум нэс удраIэтей, уагъэнэщхъыфIэ. АрщхьэкIэ, усэм и кIэух нэщхъейм нэжэгужагъэр псынщIэ дыдэу къыпхечыж: Уи дежкIэ — лейт. Узыхуэмейт. Гухэлъыр — IэфIт. Щыбзэхым — узт… («Гухэлъыр IэфIт») Лирическэ лIыхъужьым къепщытэж, зэпеплъыхь гъащIэм гъэунэхупIэу кърита гухэлъыр: Гугъэр нахуэщ, гугъэр нэхущ. Псэм къегъуэтри, зеущэху. Зэм — согугъэ, зэм — согыз. Псэм зешыIэ, псэр мэуз. Гугъэ зыхэлъ дэтхэнэми гъащIэм урегъэкIуж. Аращ мы усэри. Гугъуехьым текIуа гугъэм «гъуэгур егъэнэху»: Гугъэм гъуэгур егъэнэху. ГъащIэм си псэр егъэунэху… («Гугъэр нахуэщ, гугъэр нэхущ») Гупсысэр зыхуэкIуэжыр гъащIэм псэр зэригъэунэхурщ. Мыпхуэдэ псалъэхэр дауэ къигъуэта жыуигъэIэу, Къаныкъуэ Заринэ и усэбзэ-щIагъыбзэр телъыджэщ. Абы и «бжьыхьэ жэщыр нэхухуэлIэщ», и псалъэхэр «псы Iубыгъуэщ», и усэр «дуней кIапэм поджэгукI», ар «жьыбгъэм мэшэс», «кхъужьей щхьэкIэр вагъуэм худрегъэплъей», и «дыгъэр уафэм щIоткIукIри щожабзэ», и «гур хьэндырабгъуэ минщ», и «уафэр щIылъэм щоуэршэр», и «хьэуа жейбащхъуэр мэкIэзыз». Гум щытIыгъуа псалъэхэр усэбзэу дунейм къытохьэ. Усыгъэр унапIэ тхуохъури, абы дэри лъахэ щIэщыгъуэ гуэрым дрешэ. Гугъуэт Заремэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28735.txt" }
Самбо Тэрч щызохьэзохуэ Пэнагуэ Къазбэч самбэмкIэ и фэеплъ зэхьэзэхуэ Тэрч къалэ щекIуэкIащ. Абы хэтащ Урысейм и щIыналъэ 11-м къикIа спортсмени 138-рэ: 21-р спортымкIэ мастерщ, 117-р спортымкIэ мастерхэм я кандидатщ. КъБР-м и спортсмени 9-м ехъулIэныгъэхэр зыIэрагъэхьащ. Япэ увыпIэхэр къахьащ КIэбышэ Залым, Гереков Рустам, Гъубжокъуэ Асхьэт сымэ. Бабыгуей Олегрэ Абазэ Ислъамрэ етIуанэщ. Вэрокъуэ Анзор, Уэщхъун Заур, ГъущIапщэ Самир, Еуаз Асхьэд сымэ ещанэ увыпIэр къахьащ. Зэпеуэм и къызэгъэпэщакIуэщ Тэрч къалэ и щIыпIэ администрацэмрэ абы физическэ щэнхабзэмрэ спортымкIэ и къудамэмрэ. КъБР-м спортымрэ туризмэмкIэ и министр АфIэунэ Аслъэн къыхэжаныкIахэм щIыхь тхылъхэмрэ медалхэмрэ яритащ. Апхуэдэу ехъулIэныгъэ зыIэрызыгъэхьа спортсменхэм къалъысащ Пэнагуэ Къазбэч и унагъуэмрэ и ныбжьэгъухэмрэ ягъэува саугъэт лъапIэхэр. Шахмат – шашка Хьэпсырщ щыджэгур Каменкэ къуажэм щыIэ тезырхэр щрахьэкI гъэзэщIакIуэ колонием шахматымрэ шашкэмкIэ зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ. КъБР-м зыбжанэрэ я чемпион, Урысейм спортымкIэ и мастерхэу МафIэдз Анатолэрэ Къармэ Мажмудинрэ, республикэм шахматымкIэ и федерацэм и президент Щыхьмырзэ Артур сымэ сыхьэтитIым щIигъукIэ тезыр езыхьэкIхэм ядэджэгуащ. Зэхьэзэхуэм и къызэгъэпэщакIуэщ КъБР-м Спортымрэ туризмэмкIэ и министерствэр, республикэм Шахматымрэ шашкэмкIэ и федерацэр. ДэIэпыкъуэгъу хъуащ УФ-м Тезырхэр ирегъэхьэкIынымкIэ и федеральнэ къулыкъум и управленэу КъБР-м щыIэр. Зэпеуэр хохьэ «уголовнэ-гъэзэщIакIуэ системэм и советым» иубзыхуа программэм. Апхуэдэ турнир япэу къызэрагъэпэщауэ щытащ илъэси 10 и пэкIэ. Зэхьэзэхуэм и пэ къихуэу, Къармэ Мажмудин зэпеуэм кърихьэлIахэр шахматым и тхыдэм кIэщIу щыгъуазэ ищIащ. УФСИН-м и унафэщI Федоров Василий ехъулIэныгъэхэр зыIэрагъэхьэмэ зэригуапэр яжриIэри, зэпеуэр зэтраублащ. КъБР-м Спортымрэ туризмэмкIэ и министерствэм и мурадщ апхуэдэ зэхьэзэхуэхэр щIэх-щIэхыурэ къызэригъэпэщыну. Ар сэбэп хъунущ тутнакъэщым исхэр хуит хъужа нэужь, гъащIэм нэхъ тыншу хэсыхьыжынымкIэ. Зэбар Мадинэ, КъБР-мкIэ УФСИН-м и пресс-IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ. Футбол Iуэхухэм хоплъэж Урысей Федерацэм футболымкIэ и япэ дивизионым 2012 — 2013 гъэхэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэмрэ абы къыкIэлъыкIуэу зыхэта пэщIэуэ зэIущIэхэмрэ яужькIэ зы тхьэмахуэкIэ фэкIа замыгъэпсэхуауэ, «Спартак-Налшыкым» и футболистхэм зи чэзу зэпеуэм зыхуагъэхьэзырын щIадзащ. Мэкъуауэгъуэм и 11-м ахэр Налшык къыщызэхуэсыжри, я Iуэхухэр зытетым хэплъэжащ. Ар Iэмалыншэт, сыту жыпIэмэ, ди командэм хэту иужьрей зэхьэзэхуэр къезыхьэлIахэм ящыщу футболистипщIым дращIылIа зэгурыIуэныгъэхэм я пIалъэр иухат икIи адэкIэ ящIэнум тепсэлъыхьыпхъэт. Апхуэдэ щытыкIэм ихуат гъуащхьэтетхэу Коченков Антон, Степанов Алексей, Щоджэн Азэмэт, гъуащхьэхъумэхэу Суслов Кириллрэ Багаев Михаилрэ, гъуащхьэхъумэныкъуэхэу Концедалов Роман, Руа Карлос, Балэ Рустам, гъуащхьауэхэу Медведев Алексейрэ Сирадзе Давидрэ. Иужьрей зэхьэзэхуэм «Спартак-Налшыкым» и гъуащхьэтет нэхъыщхьэу щыта Коченковыр ди командэм зэрыхэкIыжыр занщIэу наIуэ хъуащ. Ар Саранск и «Мордовия»-м ирагъэблэгъащ. Владивосток и «Луч-Энергия»-м къыщыщIидзащ Дорожкин Денис. НэгъуэщI гуп къелъыхъуэ Концедаловми. Премьер-лигэм мы гъэм хыхьа Свердлов областым и «Урал»-м дызыхуэкIуэ илъэсищым щы-джэгуну Iэ тридзащ Рухайа Гуджэ. Адрейхэм зэкIэ налшыкдэсхэм я гъусэу загъасэ. «Спартак-Налшыкым», хабзэ зэрыхуэхъуауэ, мыгъэрей зэхьэзэхуэм Тыркум зыщыхуигъэхьэзырынущ. Ди щIалэхэр абы блыщхьэм кIуащ икIи тхьэмахуитIкIэ щыIэнущ. А лъэхъэнэм къриубыдэу, зыгъэсэныгъэ Iуэхугъуэхэм къищынэмыщIауэ, зэныбжьэгъугъэ зэIущIищи ирагъэкIуэкIынущ. Жыласэ Заурбэч. Пхъэидзэм Саранск къытхухех 2013-2014 гъэхэм япэ дивизионым щекIуэкIыну зэхьэзэхуэм и пхъэидзэ Мэзкуу щекIуэкIащ. Абы ипкъ иткIэ, мыгъэрей зэпеуэр «Спартак-Налшыкым» бадзэуэгъуэм (июлым) и 7-м Саранск къыщыщIидзэнущ. Япэ зэIущIэр щекIуэкIынур зы махуэкIэ ягъэIэпхъуэнкIи хъунущ, телевиденэм къызэригъэлъэгъуэну щIыкIэм елъытауэ. Апхуэдэу щыт пэтми, ди щIалэхэм я къарур здынэсыр занщIэу къипщытэнущ мазэрэ ныкъуэрэ ипэкIэ премьер-лигэм щыджэгуа «Мордовия»-м. Абы икIэщIыпIэкIэ ягъэзэжыну саранскдэсхэр зэрыхущIэкъунум шэч хэлъкъым, 2018 гъэм щыIэну футболымкIэ дунейпсо чемпионатыр щекIуэкIыну къалэхэм Мордовием и къалащхьэр зэрыхагъэхьар къэплъытэмэ. «Спартак-Налшыкым» зэхьэзэхуэр нэгъуэщI щIыпIэм щыщIидзэну пэтми, япэ дивизионым и пэщIэдзэ джэгугъуэм щыщ зэIущIэ налшыкдэсхэм ялъагъунущ. Нэзран и «Ангушт»-м и стадионыр зэрымыхьэзырым къыхэкIыу, абы и хьэрхуэрэгъухэр япэ лъэхъэнэм Налшык къыщригъэблэгъэну зэгурыIуащ. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, бадзэуэгъуэм и 7-м Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм ар щыIущIэнущ Нижнекамск и «Нефтехимик»-м. Хьэтау Ислъам. Волейбол Елджэр Амурхъан и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и спорт комплексым щекIуэкIащ волейболымкIэ СССР-м спортымкIэ и мастер Ел-джэр Амурхъан и 10-нэ фэеплъ турнир зэIуха. Зэхьэзэхуэм и къызэгъэпэщакIуэщ КъБР-м Спортымрэ туризмэмкIэ и министерствэр, ВолейболымкIэ федерацэр, Елджэрым иригъаджэу щытахэр, Iыхьлыхэр, ныбжьэгъухэр. Зэхьэзэхуэм хэтащ Ставрополь крайм, Шэшэн, Ингуш, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм, Псыхуабэ къалэм я командэхэр. БэнэкIэ хуитымкIэ республикэм япэу СССР-м и мастер щыхъуа Елджэр Амурхъан къыщалъхуа Урыху къуажэм физическэ щэнхабзэр щефIэкIуэным, щIалэгъуалэр абы щIэпIыкIыным и гуащIэ ирихьэлIащ. И зэманыгъуэм, физическэ щэнхабзэмкIэ къуажэ егъэджакIуэм автовокзалхэмрэ автостанцхэмрэ я «АВ и АС» зэгухьэныгъэм волейболымкIэ командэ къыхэха къыщызэригъэпэщауэ щытащ. Ар тхуэнейрэ щIыналъэ зэхьэзэхуэхэм чемпион щыхъуащ. Иужьрей илъэсищым турнирыр республикэм ВолейболымкIэ и федерацэм иригъэкIуэкIыпхъэ зэхьэзэхуэхэм хэтщ. ИлъэсипщIым къриубыдэу зэпеуэм и спонсор нэхъыщхьэхэщ абы иригъаджэу щыта Санкт-Петербург дэс Бырсыр Беслъэнрэ Москва щыпсэу Къущхьэ Налбийрэ. Зэхьэзэхуэр къыщызэIуахам зэIущIэм къыщыпсэлъащ КъБР-м и Парламентым спортымрэ туризмэмкIэ и комитетым и унафэщI Сумаев Ахъмэт, КъБР-м волейболымкIэ и федерацэм и президент Гуэщокъуэ Руслан, Бырсыр Беслъэн сымэ. Зэпеуэм ещанэ увыпIэр къыщахьащ Ставрополь крайм къикIа «Бис» командэ къыхэхам. Илъэс кIуами хуэдэу, финал зэпеуэм щызэIущIащ КъБКъУ-м и командэмрэ Урыху щыщхэмрэ. Куэдрэ зэныкъуэкъуа нэужь, бжыгъэр 3:2-уэ университетым и гупым бжьыпэр яубыдащ, зэIэпах кубокри абыхэм ялъысащ. Спонсорхэм ягъэхьэзыра саугъэтхэр яIэрыхьащ Шэшэным къикIа Учаров Джебер, «Бис» гупым хэт Бохолдин Александр, Къэрэшей-Шэрджэсым и лIыкIуэ Аксенов Кирилл, КъБКъУ-м щыщ Малышев Антон. Турнирым джэгуакIуэ нэхъ лъэщ дыдэу къыщалъытащ ШэджыхьэщIэ Виктор икIи саугъэт щхьэхуэ иратащ. Елджэр Амурхъан и унагъуэм иубзыхуа ахъшэ саугъэтыр лъагъэсащ турнирым зэфIэкI лъагэ къыщызыгъэлъэгъуа Коноплевэ Аннэрэ зэпеуэм нэхъ щIалэ дыдэу хэта Мамрэш Къамбулэтрэ. КъБР-м ВолейболымкIэ и федерацэм фIыщIэ ин яхуищIащ Ел-джэрым иригъэджа щIалэхэу турнирыр къызэгъэпэщыным зи гуащIэ хэзылъхьа Щэрдан Iэмин, Уэдыхь Барэсбий, Мэрзей Таубий сымэ, волейболым и ветеранхэу Шыкъ Зауррэ Сумаев Ахъмэтрэ, КъБКъУ-м и ректор Къарэмырзэ Барэсбий. Елджэр Амурхъан и унагъуэм къыбгъэдэкI фIыщIэ псалъэкIэ къызэхуэсахэм захуигъэзащ абы и къуэ Анзор. КъБКъУ-м и уэрэджыIакIуэхэм, къэфакIуэхэм спортсменхэмрэ къызэхуэсахэмрэ я нэгу зрагъэужьащ. Гъэунэ Светланэ, КъБР-м Спортымрэ туризмэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28739.txt" }
Зауэ гъуэгуанэм ирикIуа адыгэ цIыхубз Сэбаншы Розэрэ Накуэ Еленэрэ ягъэхьэзырауэ, 2010 гъэм дунейм къытехьа «Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубзхэр» тхылъым республикэм и зыужьыныгъэм къыпхуэмылъытэн хэлъхьэныгъэ хуэзыщIа, ноби мыхьэнэ ин зиIэ къалэнхэр екIуу зэфIэзых цIыхубз куэдым щыгъуазэ ухуещI, я нэгум урегъаплъэ. Тхылъым зи цIэ къыщыхьахэм ящыщ зыщ 1947 — 1951 гъэхэм Къэбэрдей АССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и депутату щыта Урэзей Тамарэ ТIытIу и пхъур. Урэзей Тамарэ ЦIыхубзыр гъащIэр зыгъэдахэщ. Лъэныкъуэ куэду зэхэухуэнащ а дахагъэхэр. Зи гугъу фхуэтщIыну, Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхыдэм зи цIэр къыхэна джылахъстэней бзылъхугъэм, Урэзей Тамарэ, зэрыжаIэжымкIэ, и теплъэ зэкIужым и мызакъуэу, и цIыху щIыкIэм, сыт щыгъуи ипэкIэ зэрыпабгъэм, и акъылымрэ гуапагъэмрэ жьыри щIэри ятхьэкъурт. Акъбащ Ипщэм и цIыхубзхэр зэрыпагэщ, лъэпкъым и дыщэ фондщ. Аращ абыхэм щIыжаIэр: «Дэ ди къалэнщ хуэфащэ пщIэ яхуэтщIу ахэр тхъумэну, абыхэм я IуэхущIафэ дахэхэм къыпытщэну, зы щIэблэм икIыу адрейм бгъэдалъхьэ лъапIэныгъэхэр нэхъри дгъэбэгъуэну». Акъбащ Ипщэ къыщалъхуа пщащэ цIыкIур езым и ныбжьхэм къахэщырт и зыIыгъыкIэ екIумкIэ, акъылкIэ, дэни зыщигъэлъэгъуэну, мыхьэнэ зиIэ, цIыхухэм я сэбэп зыхэлъ Iуэху зэфIихыну хуэпабгъэрт. Узыншагъэм нэхъапэ сыт щыIэ?! Тамарэ и сабиигъуэм щыщIэдзауэ щIэхъуэпсырт дохутыр IэщIагъэми, Налшык дэт медицинэ училищэр къиухащ. Ар ирихьэлIат Хэку зауэшхуэр къыщыхъеям. Тамарэ зауэм и япэ махуэхэм лэжьэн щыщIидзащ Налшык къалэ дэт Кировым и цIэр зезыхьэ санаторэм къыщызэрагъэпэща госпиталым. Джылахъстэней бзылъхугъэр абдежым къыщыувыIакъым. 1942 гъэм ар фронтым кIуащ. Адыгэ пщащэр 337-нэ сапер батальоным и фельдшер нэхъыщхьэу къащтащ. Ар хэтащ шынагъуэншэу лъэсырыкIуэдзэр пхыкIын папщIэ зыхуэфащэ щIыпIэхэм лагъымхэр щIэлъхьэнми, ахэр гъэкIуэдыжынми. ЗэрыжаIэщи, саперыр зэщ зэрыщыуэр, Урэзейр и гъащIэм емыблэжу, и ныбжьэгъу-саперхэм ящIыгъуу, дапхуэдизрэ пхыкIа лъагъымхэр щызэбгрыдза губгъуэхэм. Ауэ абы къыгурыIуэрт, совет сэлэт пщIы бжыгъэхэм я гъащIэр къызэрырагъэлыр. Тамарэрэ и щхьэгъусэ Николайрэ. Кязьмин М. и «Однополчане» тхылъым укъыщоджэ Урэзей Тамарэ теухуа сатырхэм: «Мыбдежым (зи гугъу ищIыр Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Мэздэгу дежрэ щекIуэкIа зэхэуэ гуащIэхэрщ) къыщыхэжаныкIащ ди лъахэгъу цIыхубз Урэзей Тамарэ. Ар ядэIэпыкъурт артиллеристхэм, топышэхэр яIэригъэхьэрт, уIэгъэ хъуахэр зауэ лыгъэм къыхилъэфырт. Апхуэдэ хахуагъэрщ иужькIэ батальоным и замполит Ковалев Сергей къыхэжаныкIа артиллеристхэм ящIыгъуу санитар инструктор Урэзей Тамарэ гулъытэ къыхуищIыну дивизэм и унафэщIым зыщIыхуигъэзар. ИпэжыпIэкIэ зауэ лыгъэм и илъэсхэм къэмылэнджэжу пхыкIа адыгэ цIыхубзым цIыху гъащIэу къригъэлар зыхуэдизыр къэIуэтэгъуейщ. 337-нэ батальоным и танккъутэ дивизэм хэту зауэ гущIэгъуншэм пхыкIащ Урэзей Тамарэ. Ар яхэтащ Кавказыр хуит къэзыщIыжахэм, Курск дугам щекIуэкIа зауэ гуащIэхэм, Украинэм и къегъэлакIуэу Днепр зэпрысыкIахэм, ирикIуащ лыгъэм зэщIищта Европэ гъуэгуанэхэм — Румынием, Венгрием, Австрием нэсащ». Урэзей Тамарэ къигъэлъэгъуа хахуагъэмрэ лIыгъэмрэ я щыхьэтщ а илъэс лыгъэхэм ди лъахэгъу цIыхубзым и бгъэгум щылыда Хэку зауэшхуэм и орденым и II нагъыщэр, Вагъуэ Плъыжь орденыр, «Хахуагъэм папщIэ», «Зауэм щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» (апхуэдэу тIу) медалхэр. Гугъуехь, псэзэпылъхьэпIэ куэдым пхыкIа бзылъхугъэм щIэгъэкъуэнышхуэу иIащ зауэ гъуэгуанэм гуэгъу къыщыхуэхъуа и гъащIэ гъусэ Борисов Николай. А тIур зэщIыгъуу Берлин нэсащ. Зауэ нэужьым Германием, Венгрием, Европэм, нэгъуэщI щIыпIэхэм щыIэ советыдзэ гупхэм къалэныр щрахьэкIащ. Ахэр илъэс куэдкIэ щыпсэуащ Белоруссием. Зэрылажьэм хуэдэурэ, Тамарэ жылагъуэ Iуэхуми жыджэру хэтащ. Сыт хуэдэу ирехъуи, ущалъхуа лъахэм нэхъ лъапIэ, гъунэгъу щыIэкъым. Тамарэ и хэкум къигъэзэжа нэужь, къегъэлакIуэ станцым и фельдшеру лэжьащ. Ар хахауэ щытащ Къэбэрдей АССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и депутату, КПСС-м и Тэрч райкомым и аппаратым щылэжьащ. Джылахъстэней цIыхубз хахуэм и гъуэгуанэ купщIафIэм, абы зэрихьа лIыгъэм я щыхьэтщ Урэзейм къыхуагъэфэща дамыгъэ 19-р. Тамарэ и щхьэгъусэ Борисовым гъащIэм и гугъуехьри IэфIыгъэри къыдэзыгуэша, фIыуэ илъагъу цIыхубзым и къекIуэкIыкIар, и фэеплъыр мыкIуэдыжын, тхыдэм къыхэнэн папщIэ Дзэ щIыхьым и дамыгъэхэр къызытещ абы и кителыр, КъБР-м и Лъэпкъ музейм яIэригъэхьауэ абы щахъумэ. Тамарэ и сурэтыр щалъхуа Акъбащ Ипщэ дэт курыт еджапIэм щыфIэдзащ, абы и кхъащхьэм тет фэеплъ сыныр лIыгъэ хэлъу, гуащIафIэрэ купщIафIэу къызэрекIуэкIам хуэфащэу мэлыд. И адэжь лъахэр тыншыпIэ зыхуэхъужа Урэзей Тамарэ зэи ящымыгъупщэнухэм, зи фэеплъыр мыкIуэдыжыну тхыдэм къыхэнахэм ящыщщ. Блэныхь Азрэт.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28744.txt" }
Тыркум къыщыхъур сыт? «Тыркум къыщыхъур сыт?» — жаIэри, си ныбжьэгъухэр къызоупщI. Сэри ар фIы дыдэу сщIэуэ аракъым, ауэ нэхъ къызгурыIуэ къафIощI, абы сыщыпсэуащи. Аращи, зыгуэр яжесIэн хуей мэхъури: «УщIэгузэвэн щыIэкъым. Мыр «хьэрып гъатхэ» жыхуаIэхэм ебгъэщхь хъунукъым», — яжызоIэ. Тыркур, тIэкIу елъэшауэ-ещIэкъуауэми, илъэс тхущI лъандэрэ демократием тетщ. Абы цIыхубэр, псом хуэмыдэу иужьрей илъэсипщІым, нэхъ къарууфIэ щыхъуащ, щыхуэмейм деж властыр зэрихъуэкIыфу. Аращи, нобэ Тыркум щекIуэкIыр зэбгъэщхь хъунур европей къэралхэм, Америкэм къыщыхъу-къыщыщIэхэращ. Иужьрей илъэсипщIым къриубыдэу уи фIэщ пхуэмыщIын гъэщIэгъуэн куэд зыхузэфIэкIа, къэралыгъуэм илъэс тхущІ гъуэгуанэ къезыгъэкІуа «Парт хужьым» (Эрдогъан зи тхьэмадэм), демократие гъуэгукIэ зэрыпэмылъэщынур къызыгурыIуауэ къапэщытхэм (оппозицэм), «дытемыкIуэфми, тедмыгъэкIыфыпэми, тIэкIу тедмыгъэкIуэтыфыну пIэрэ, къэблэгъа хэхыныгъэхэм мащIэ фIэкI къыщимыхьыфыну и цIэр дымыгъэулъиифыну пIэрэ?» жаIэри, псыежэх мащIэр къагъэутхъуэн я гугъэу, зыкъаIэтауэ аращ. Жыг 12 зы хадэм ирахыу нэгъуэщI зыгъэпсэхупIэм зэрагъэIэпхъуар лъабжьэ зимыIэ щхьэусыгъуэ махэщ. Мыгувэу бэяужынщ, ипкъ иувэжынщ. Абы нэхъ куэд яжесIэну хэсщIыкIышхуэ щыIэтэкъыми, сызэрыхущIыхьэкIэ, тырку телевиденэ канал зыбжанэм сеплъащ, къатхэм седэIуащ, газетхэм сыхэджыхьащ, Тырку республикэр зэраухуэрэ абы щызекIуэ политикэр тIэкIу си нэгум къыщIэзгъэувэжри, а псомкIэ ди щІэджыкIакІуэхэм садэгуашэмэ хъуну къэслъытащ Щхьэусыгъуэр зыхуэдэр Истамбыл зы утыку цІэрыІуэ щыІэщ «Таксим»-кIэ еджэу. Истамбыл кІуауэ абы зыщызымыплъыхьа щыІэу къыщІэкІынкъым, а щІыпІэр апхуэдизкІэ гъуэгу зэхэкІыпІэу, цІыхубэ зекІуапІэу щытщи. Абы къыхэкІкІэ, зыкъэзыгъэлъэгъуэн зыфІэфІ дэтхэнэ зы гупри хущІокъу абдежым пэкІу щригъэкІуэкІыну. Ауэ пэкІу ящІыхукІэ гъуэгухэр, ІуэхущІапІэхэр зэхуащІын хуей мэхъури, цІыху куэдым, экономикэм, бизнесым зэран хуохъу, зэтракъутэхэм я гугъу умыщIыххи. Абы къыхэкІкІэ абдежым цIыхухэр щызэхуэсыну хуейкъым тетыгъуэр зыІыгъхэр. ГуащІэрыпсэухэм я махуэу ябж накъыгъэм и 1-м Таксимым пэкІу щащІыну зоныкъуэкъухэр, ауэ ари хуадэркъым. 1977 гъэм ирагъэкIуэкIа зэхуэсым нэрыбгэ 30 нэхъыбэ хэкІуэдауэ щытащ. Абы лъандэрэ япэу а утыкум пэкІу щезыгъэщІар Эрдогъанщ. Ауэ мы гъэм абдежым щащI щIыщIагъ машинэ гъуэгухэр, аращ пэкІу къызэзыгъэпэщыну зи мурадхэм ар щIыхуамыдар. Эрдогъан къызыхэкІа партым и тхьэмадэу щыта Эрбакан, Таксим утыкум мэжджытышхуэ щригъэщІыну жиІэгъати, абыи зэдауэшхуэ къыхэкІат. Иджы Эрдогъан а утыкум нэгъуэщІ зы проектышхуэ хурегъэщІ, Іуэхугъуищ хэту. Япэрейр: иджыпсту машинэ щызэблэж гъуэгухэр щІы щІагъым щІегъэхьэри, щІыгур лъэс зекІуапІэу зэрегъэпэщ. А лэжьыгъэр йокІуэкІыр, зэм зы лъэныкъуэр, зэм адрейр зэхуащІурэ. Мис абы хэт лъэс гъуэгур нэхъ бгъуэ ящІын папщІэ, паркым и бгъум Іут жыг 12 хуэдизыр къыхахри, нэгъуэщІ паркым ягъэІэпхъуащ. ЦIыхухэм ар къазэрыгурыIуар Эрбакан иригъэщIыну жиIа мэжджытыр яухуэн щIадзэн папщIэ жыгхэр ираупщIыкIыущ. А проектышхуэм и етІуанэрей Iуэхугъуэу зыкъэзыІэтахэм ямыдэр, лъэс зекІуапІэ ящІ утыкум къыбгъэдэт паркым щащІыну я мурадхэрщ. А паркыр здэщытым деж зы унэшхуэ нэхъапэм итат, 1780 гъэм ящІауэ. Ар 1930 гъэхэм якъутэжащ. Эрдогъан хуейщ пасэрей унэ дахэу абы итам ещхьыркъабзэ абдежым щригъэщІыжу и зы бгъур къалэ музейуэ, адрейр щапІэ-щэхуапІэу, и кур парк дахэу, дыхьэпІэ-дэкІыпІэхэр иІэу, иригъэщIыну. Ещанэ проектыр мыращ: абы зы щэнхабзэ IуэхущIапIэ къыбгъэдэтщ, фІыуэ егупсысауэ ямыщІауэ, тIасхъэу, тэмэму къамыгъэсэбэпыфу, илъэс зыбжанэ хъуауэ зэхуэщІауэ. Эрдогъан хуейщ ар ирихыу, абы и пІэкІэ оперэмрэ театрымрэ я унэшхуэ иухуэну. Эрдогъан апхуэдэхэр ирагъэщІыну хуейкъым пэщытхэм, тетыгъуэшхуэр зыфІэкІуэдахэм. ЩІыхуэмейм щхьэусыгъуитІ иІэщ. Зы гупым жаІэ Эрдогъан светскэ къэралыгъуэм ислъамыр япэ щригъэщу, оперэ, театр хуэдэхэр фІэмыфІыу. НэгъуэщІхэм ар я фІэщ хъуркъым, ауэ, Эрдогъан апхуэдэ ІуэхуфІ ищІэу щытмэ, нэхъ лъэщ зэрыхъунум йогупсысхэри, ахэри зыкъэзыIэтахэм ядожьу. Ипэ махуэм цІыхубэм зыкъаІэтащ, «ди паркыр едгъэкъутэнукъым, сыт щыгъуи зыхуейр зыщІэ, дызэрыпсэуну щІыкІэм къыхэпсэлъыхь премьер-министр дыхуейкъым», жаІэри. ЖаІэ къудейм къыщымынэу, гъуэгуи, тыкуэни, банки зэтракъутэу щІадзащ. Полицэм ар идэ хъунутэкъыми, зэбгрихуну яхыхьащ, псыи гъуэзи ятрикIащ. Полицэм апхуэдэу зэрищІам, Эрдогъан къикІуэтын дэнэ къэна, зэрытригъэчыныхьым цІыхухэр къигъэетащ. Иужьрей махуэхэм Тыркум къыщыхъу-къыщыщIэхэр къыбгурыIуэн папщIэ тIэкIу узэIэбэкIыжын хуейщ. Лъэпкъ куэд щыпсэу Уэсмэн империер зэхуагуэшын гухэлъкIэ биидзэхэр къыщебгъэрыкIуэм, лъэпкъ псори зэгъусэу япэщIэуват абыхэм. Арат зэрыхъун хуеяри. Ауэ абы и ужькIэ Тырку республикэр щаухуэм щыгъуэ, шовинистхэм къэралыгъуэщIэр гъуэгу пхэнж трагъэхьащ. ГурыщIэр гум щагъэтIыгъуэу, щхьэм щапсыхьу щыхэта ипэрей илъэсхэр къэдгъэнэнщи, Тырку республикэм хуэкIуэ гъуэгуанэм и япэ бэнэныгъэ лъэбакъуэр щачауэ ябжыр, Мустэфа Кемал кхъухьжьейкIэ (е кхъуафэшхуэкIэ) щэхуу Истамбыл ирагъэкIыу Самсун щагъэкIуа махуэращ (19.05.1919 гъэ). РеспубликэщIэм и мафIэу а махуэм Анадолэм къыщызэщIагъэнар, абы щыпсэу лъэпкъ псоми къызэдыщIагъэстурэ ирагъэфIэкIуат. 1920 гъэм и жэпуэгъуэ мазэм и 29-нэ махуэм Тырку щIыналъэм и лъэпкъ лIыкIуэ хасэр — Меджлисыр къызэрагъэпэщри, абы и унафэм щIэтурэ ирагъэкIуэкIа щхьэхуитыныгъэ зауэр текIуэныгъэкIэ яухщ, бийхэр хэгъуэгум ирахури, 1923 гъэм и мэлыжьыхь мазэм и 23-нэ махуэм Тырку республикэр яухуащ. АпщIондэху адыгэр а Iуэхум, адрей лъэпкъхэми ялейуэ жыджэру хэмытамэ, зыми зыкIи къыкIэрыхуакъым. Абы и щыхьэту ди нэхъыжьхэм жаIэгъар стхыжауэ щытами, иджыри зэ фигу къэзгъэкIыжынщ: «Эшрэф (къэралым и щэху зыщIэ убых щIалэр) мыхъуамэ тырку щхьэхуитыныгъэ зауэр щIадзэфынутэкъым, Черкес Этем (алыджыдзэр зэтезыгъэувыIа абрэджыдзэ зэхэзыша шапсыгъ щIалэр) мыхъуамэ къагъэхъеифынутэкъым, Рауф Орбай (Ататюрк и ныбжьэгъу хыдзэпщ абазэ щIалэр) мыхъуамэ Этем къагъэдэIуэфынутэкъым». Тырку шовинистхэм, абыхэм я IупэфIэгъухэм, хэгъуэгур зэвыпIэ имытыж хъуа нэужь, «сыту и махуэ, сытыркущ жызыIэм!» жаIэжащ. А псалъэр уафи щIылъи, губгъуи мэзи, дэтхэнэ зы щIыпIи тратхащ. Ар иримыкъуу, тыркубзэ зымыщIэ мытыркухэм паубыдащ тыркубзэкIэ псэлъэну, зи анэдэлъхубзэкIэ псалъэм хуэмыпшынын тезырышхуэ (вы уасэм нэсу) тралъхьащ. АбыкIэ мытырку лъэпкъхэр ягъэтхьэусыхащ, зыдэтхьэусыхэн щIыпIэ ямыIэу, хэт етхьэусыхылIэми езыхэр къуаншэу къыщIрагъэдзу. КIэщIу жытIэнщи, лъэпкъ куэд щыпсэуа Уэсмэн къэралыгъуэм и щIы кIапэ иджырей Тырку щIыналъэм тырку фIэкIа нэгъуэщI лъэпкъ щымыпсэууэ жаIащ, щыпсэу псори тырку ящIыну яужь итащ баштекъузэкIэ, зэзэмызэ нэхъ ткIийуэ, зэзэмызи нэхъ щабэу. А политикэр езыгъэкIуэкIхэми ящIэрт ар зэрымыпэжыр. Ауэ апхуэдэу ящIмэ, адрейхэм я анэдэлъхубзэр щагъэгъупщэн, псори тырку ящIын къафIэщIащ. И кIуэрабгъу емыплъу, псыежэхыр къызэщIагъэкIуэн я гугъащ. Дауи, ар щыуагъэшхуэт, псыежэхыр псыдэжей пхуэщIынутэкъым. Шовинистхэм я фIэфIыр официальнэ политикэ зыхуэхъуа къэралым а Iуэхур илъэс пщIейкIэ иригъэкIуэкIами, гуащIэу иIэр абы тригъэкIуэдами, зыхуейр къехъулIакъым. Пэжщ, къыдэхъуаи щыIэщ: зи цIыхущхьэ бжыгъэр мащIэу икIи хэпхъауэ псэу лъэпкъхэр (адыгэхэм хуэдэу) игъэкIуэдыфащ, я бзэр ящигъэгъупщэри, абы ящыщхэр зыхуигъэлIыщIащ, зыхуигъэзэуащ, ящытхъуурэ, едэхащIэурэ. Ауэ, курдхэм хуэдэу, зи цIыху бжыгъэ нэхъ куэдхэр, зы щIыпIэ щызэхэсхэр, къэмыIэпхъуауэ я хэкум исыжхэр игъэкIуэдыфакъым, сыт ищIами. Адыгэхэм хуэдэу, лъэпкъыжь дыдэхэри, сыт хуэдизкIэ икъухьауэ щытми, хуэгъэкIуэдыпакъым. Тырку шовинистхэм я политикэр цIыхугъэми, динми, социализм идеологиеми къезэгъыххэртэкъым. Дауи, лъэщыгъэкIэ дахагъэ пхуэухуэнукъым, ем фIы къыпэкIуэнукъым. Ар къагурымыIуэу аратэкъым, ауэ зыгуэр жызыIэфынухэр, цIыхубэр къэзы-гъэдэIуэфынухэр мащIэт е официальнэ идеологием пэлъэщыртэкъым, дзэм щышынэрти. ЖызыIэну тегушхуахэр ягъэкIуэдащ (Озал Тургут, Битлис Эшреф-пэщэм хуэдэу) е зыгуэрурэ трагъэкIащ (Йылмаз Мэсхьуд). Япэрейуэ Эрдогъан зи тхьэмадэ «Парт хужьым» абы теухуауэ политикэ хэха зыхуигъэувыжащ, «хэту, сыту щытми, къагъэщIар фIыуэ лъагъупхъэщ къэзыгъэщIам и хьэтыркIэ» жиIэри. Ар цIыхубэми яригъэдэфри, властыр зыIэригъэхьащ, европэ къэрал зэгухьахэм яхыхьэну къалэн зыхуагъэувыжари зыхуигъэщхьэпэурэ, къэралыгъуэ зызыужьахэм хуэдэ хъун зэрыхуейр щхьэусыгъуэ ищIурэ, къэрал хабзэхэр мымащIэу зэрихъуэкIащ, дзэри и Iуэху зыхэмылъым и бэлагъ химыIуну, и къалэныр нэхъыфIу зэригъэзэщIэным зыхуигъэпсын фIэкIа зыми хэмыхьэну къригъэувэлIащ. Революцэ къэмыхъуу ар зыми хузэфIэкIыну я гугъатэкъым. Пэжщ, Эрдогъан хузэфIэкIар революцэ хуэдэт. Къэралым лъабжьэ, официальнэ идеологие хуащIу щыта шовинист гупсысэр пхъуэжыныр, щIыналъэм лъэпкъ куэд зэрыщыпсэур, абыхэм я бзэкIэ лажьэ радио, телевиденэ, еджапIэ, газет, журнал, тхылъ къыдагъэкIыну хуитыныгъэ етын зэрыхуейр къэрал пкъыгъуэхэми цIыхубэми ебгъэдэныр Iуэху къызэрыгуэкIкъым. Эрдогъан ар фIыуэ къыгурыIуэри, и политикэр абы тригъэпсыхьащ. Дэ лъэпкъ Iуэхур щапхъэу къэтщта мыхъумэ, лъэпкъ закъуэракъым Эрдогъан зыхуэупсар, дин зэхуэмыдэ зиIэхэри игъэтыншащ абы, иджыри щIапхъэ куэд щыIэ пэтми. Дуней экономикэр зэвыпIэ иуварэ пэт, Тыркум и экономикэм зыкъригъэIэтащ. Университет зыдэмыт къалэ къигъэнакъым, сымаджэщ, еджапIэ, кхъухьлъэтапIэ, мафIэгу хуабжьхэр, гъуэгу дахэ куэд иригъэщIащ. Илъэс хэхъуэу зы нэрыбгэм хуэзэр дол- лар 3500-рэ хуэдизу щытар, 13500-м щІигъу ищIащ. Экономикэ и лъэныкъуэкIэ иужьрей илъэсипщIым къриубыдэу Тыркум зэрызиужьар псоми ящIэ, кIуэр-къэкIуэжхэми я нэрылъагъущ. Дауи, абы ищIэхэр зигу иримыхьи щыIэщ. Адрей лъэпкъхэм хуитыныгъэ зэрыритым, муслъымэн дин зезыхьэну зыфIэфIхэр зэрытригъэгушхуэм къыщыщIэдзауэ, тутыным, фадэм зэрыпэувым щыщIэкIыжу. Псом хуэмыдэу арэзыкъым иджыри къэс яIа тетыгъуэшхуэр зыфIэкIуэдахэр, абыхэм я IупэфIэгъухэр. Тырку шовинистхэми ялъагъу хъуркъым Эрдогъани абы и партри. Революционерхэми я гуапэкъым, ахэр дэрат зыщIэн хуеяр, жаIэри. Тыркур зэрефІакІуэр, ар зи ІэдакъэщІэкІ Эрдогъэн зыфІэмыфІ хамэ къэрал куэди щымыІэнкІэ Iэмал иІэкъым. Ахэри я Iэ зэтедзауэ щыскъым. А псом я щIыIужкIэ, езы Эрдогъан и цIыху щIыкIэм, и зыщIыкIэм, и зекIуэкIэм, и псэлъэкIэм къыхэкIыу, абы зигу ебгъэ куэди щыIэщ, зигу ирихьхэм нэхърэ мынэхъ мащIэу. Ар сыт жыпIэмэ, къуажэ щIалэ гурбияныжь хуэдэу зэрызекIуэр, къыпэщытхэм ял зыгъэузын псалъэ дыдж зэрыжиIэр, езым зыри къыпэмылъэщыжын хуэдэу, зыхуейр ищIэфыну къызэрыщыхъур. Властри мылъкущ. Мылъкум цIыхур зэрыщигъэкIым хуэдэу, властми ущегъэкI, уегъэпагэ, уегъэплъэхъу. Абы къыхэкIкIэ къэрал куэдым хабзэу ягъэувыр зы партым и тхьэмадэр, президентыр, премьер-министрыр тIуэрэ-щэрэ фIэкIа хэпхыж мыхъуну. Ар Эрдогъан езыми зыхуигъэувыжат, зыми иримыгъэза пэтрэ. Иджыри абы тет хуэдэщ, ауэ нэгъуэщI зы щIыкIэ къыхуигъуэтурэ властыр имыутIыпщмэ, нэхъ къищтэну зэрыщытри наIуэщ. Тыркум къыщыхъу-къыщыщIэхэм нэгъуэщI зы Iуэхугъуи утыкум къралъхьэ. 1980 гъэм властыр дзэм иубыда нэужь, щIалэгъуалэр политикэм пэжыжьэ зэрищIын Iуэху зэрихьащ. Абы тету пщIымэ, щIэлэгъуалэр политикэ Iуэху хэтын, ижьуи сэмэгууи щытын хуейкъым, еджэнумэ — еджэн, лэжьэнумэ — лэжьэн, езым и щхьэ Iуэху зэрихуэжын хуей мыхъумэ. Апхуэдэ политикэм щIапIыкIащ щIэблэр. Ауэ цIыхур Iэмэпсымэкъым, машинэкъым, къэкIыгъэкъым, абы акъыл иIэщ, мэгупсысэ, йоджэ, дунейр зрегъэлъагъу. Псом хуэмыдэу иужьрей илъэсхэм дуней псор зэщIэзыубыда технологием, интернетым иджы сабийр и адэ-анэми, къэралми къыхуагъэнэжыркъым зэрыхуейуэ япIыну. ИщI-бгъущI гъэхэм къэхъуауэ, иджы зыкъэзыIэта щIалэгъуалэр япэрейхэм хуэдэкъым. Япэрейхэр зы парт е фракцэ гуэрым хэтти, абы зыкъыщагъэлъэгъуэфт, щIыхь къыщыхуащIт, зы «гурыщIэ лъапIэ» яIэт, абы хуэзауэмэ, хуэбанэмэ тхъэгъуэ халъагъуэрт. Иджырей ныбжьыщIэхэм апхуэдэ Iэмал яIэкъым. ФIыуэ еджэми, IэнатIэфI яIэми ирикъуркъым. КъызэрымыкIуэу зыкъыщагъэлъэгъуэн, цIэрыIуэ зэрызащIын щхьэусыгъуэ къалъыхъуэ. Паркым щитIысыкIахэр ахэращ, абыхэм я къуагъым зыкъуэзыгъапщкIуэхэр нэгъуэщIщ. Жыг 12 зэрагъэIэпхъуар зырикIт, ауэ ар фалъэм изыбзэ хъуа псыр къыщхьэщызыгъэж я иужьрей ткIуэпс хуэдэт, полицэр тIэкIу ткIииIуэу зэрапыкъуэкIари хэтыжу. И пэщIэдзэм деж, ткIуэпсым уае хэзыщIыхьын хуэдэу къежьа Iэуэлъауэр, тетыгъуэр зыIыгъхэм пэщIэт парт гуэрхэм зыхуагъэщхьэпэн я гугъами, зыми ящымыщ щIалэгъуалэм ар ядакъым. Iуэхур къезыгъэжьар езыхэрати, езыхэм зыкъагъэлъэгъуэну хуейт. Зыкъагъэлъэгъуащ зауэ-банэу, къапыщIэхуэр зэхакъутэрэ зэтрагъэсхьэжу. Жыг 12-м къыщхьэщыж хуэдэу къежьа Iуэхум зы фIы гуэр къыпэкIуэну щытмэ, лъэщыгъэм, зауэ-банэм, зэтекъутэм ахэр егъэкIуэдыжьыр. Абы къыхэкIкIэ, апхуэдэ зауэ-банэм куэд икIуфынукъым. Адыгэр а псом дызэрыхущытыпхъэр АдыгэхэмкIэ зыкъэдгъэзэнщи, дэгъуэ куэд зэрыдиIэм хуэдэу, ди жагъуэ зэрыхъунщи, дагъуэ куэди диIэщ. Абыхэм ящыщ зыр, тщIам демыплъу, зыщIам елъытауэ абы уасэ зэрыхуэтщIырщ. Псалъэр пэжрэ мыпэжрэ, Iуэхур захуэрэ мызахуэрэ зэхэдмыгъэкIыу, ар жызыIам, зыщIам доплъ. Пэжщ, жызыIам, зыщIам пщIэ имыIэу жысIэркъым, ауэ жыIа, щIа хъуари тлъагъун, абыи хуэфащэ уасэ хуэтщIын хуейуэ си гугъэщ. Нобэ дэ адыгэм Эрдогъан къытхуищIам хуэдэ къытхуэзыщIа Тырку Республикэр зэраухуэрэ къахэкIакъым. Дызэрыадыгэр щамыдэ лъэхъэнэм дыкъикIри, нобэ къэрал еджапIэхэм адыгэбзэкIэ дыщеджэф, радио, телевиденэхэм адыгэбзэкIэ дыкъыщыпсэлъэф дыхъуащ. ТхузэфIэкIмэ, радио, телевиденэ, уней еджапIэ дыухуэфыным дынос. Эрдогъан ди щыгъуэ махуэр къызэрыддиIыгъам, визэншэу хэхэс адыгэр тыншу Хэкужьым къэкIуэф, дызэкIэлъыкIуэф зэрищIам и закъуэми ину щIыхь хуэфащэт. Ахэр щIыжысIэр, зы Iуэхугъуэм уасэ щыхуэтщIынум деж, щапхъэу диIэн хуейхэр къыхэзгъэщыну аращ. Абыхэм я нэхъыщхьэу щыІэр тІущ: зыр, дунейм къыщащта — мамырыгъэмрэ демократиемрэщ, адрейр — «абы дэ адыгэхэм сыт къытхуихьыну пIэрэ?» бгъэдыхьэкIэращ. «Лъэпкъымрэ хэкумрэ зэрыгъуэтыжынымкІэ, ди бзэ, ди хабзэ тхъумэжынымкІэ и фІагъ къыдэкIыну, хьэмэрэ и ягъэ къэкІуэну?» упщIэращ нэхъыщхьэу щытын хуейр. Ди гупсысэр, ди Iуэху еплъыкIэр абы тедмыухуэмэ, гугъу дехьынущ. Адыгэм щIагъуэ гу лъыдмытэу диIэ дагъуэ инхэм ящыщ зыщ, тхуэфащэр тхуэфащэу зэрыдмыщIэжыр, ар гурэ псэкIэ зэрызыхэдмыщIэр икIи ар зыIэрыдгъэхьэн щхьэкIэ зэрыхуэфащэу дызэрыщIэмылъэIур, дызэрыщIэмыбэныр. Аддэ ижь лъандэрэ драгъэсащ «къызэт» жыдмыIэфу, къыдатым зедгъэзэгъыфу. Адыгэ хабзэр щызекIуэу щыта лъэхъэнэхэм ар щыхъуу къыщIэкIынт, адэ-анэр, нэхъыжьхэр егупсысырт быным, нэхъыщIэм, зимыIэм хуэщIэн хуейм, икIи, Iэмал зэриIэкIэ, хэти зыхуей хуагъазэрт езыхэр къыщIамыгъэлъэIуу. Ауэ адыгэ хабзэр зекIуэжыркъым куэд щIауэ. Иджы дунейм щызекIуэ хабзэр зытещIыхьар «сабийр мыгъуэгмэ, быдзышэ иратыркъым», псалъэжьырщ. Дауи, жытIэнур, щыжытIэнур, зыжетIэнур икIи жыIэкIэр фIыуэ тщIэн хуейщ. ХЪУАЖЬ Фахьри.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28748.txt" }
Нартандэсхэм я хъуэпсапIэхэр ЦIыху мин 13 щыпсэу мы жылагъуэр ди республикэм щынэхъ инхэм ящыщщ. Ауэ щыхъукIи къалащхьэр зэрыпэгъунэгъум къыхэкIыу, а бжыгъэм къыхэхъуэ зэпытщ. Зэман и пэкIэ Нартан къыщызэIуаха кхъэщIэр къуажэдэсхэм я жэрдэмкIэ къагъэувыхьыну иужь ихьат, ауэ къыхах ахъшэм зэфIигъэкIар Iуэхум и зэхуэдитIым нэст. Апхуэдэ щытыкIэр къилъытэри, Шэджэм район администрацэм и Iэтащхьэ Бакъ Руслан кхъэм и IуэхукIэ сом мин 350-рэ щIыпIэ бюджетым къыхэкIыу къахуиутIыпщащ. Нартаным и теплъэр егъэфIэкIуэным теухуауэ ипэ игъэщыпхъэ Iуэху мыинхэр кърахьэлIэн папщIэ иджыри сом мин 650-рэ хухахащ икIи шэч хэлъкъым ахэр купщIафIэу къызэрагъэсэбэпынум. Ухуэныгъэ и лъэныкъуэкIэ дызыхуэкIуэ зэман гъунэгъухэм щызэфIагъэкIын хуейуэ къапэщылъщ спорткомплексымрэ ЩэнхабзэмкIэ унэмрэ я ухуэныгъэхэр. Къуажэдэсхэр зыщIэлъэIу Iуэхухэм ящыщ зыщ Налшыкыпсым лъэмыж телъхьэнри. Абы цIыхухэм я гугъуехьыр куэдкIэ къащигъэпсынщIэнут. ЛЪОСТЭН Музэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28753.txt" }
Лъэпкъымрэ Хэкумрэ зэрыгъуэтыжын, адыгэбзэм хуэфащэ гулъытэ хуэщIын Абыхэми нэгъуэщIхэми ятеухуауэ щытащ Джылахъсэтей Адыгэ Хасэм иджыблагъэ иригъэкIуэкIа зэIущIэр Зэхыхьэм хэтащ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, Гуманитар къэхутэныгъэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтымрэ «Адыгэ псалъэмрэ» я лэжьакIуэ Хъуажь Фахъри, Тэрч районым и щIыпIэ администрацэм и унафэщIым и къуэдзэ КIэрэф Мурадин, Тэрч къалэ Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Ахъсор Хьэлым сымэ. ЗэIущIэр иригъэкIуэкIащ Джылахъстэней Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Емкъуж Хьэсэнбий. ЗэIущIэ дахэм хэтахэмрэ хьэщIэхэмрэ фэеплъ сурэт зытрагъэхащ. Япэу псалъэ иратащ Дей курыт школым и егъэджакIуэ Токъу Сарэ. Ар кIэщIу къытеувыIащ адыгэбзэр районым и курыт еджапIэхэм зэрыщаджым. — Лъэпкъыр зэбгъэцIыхунумэ, абы и гупсысэр зыхуэдэр къэпхутэнумэ, и бзэр зэгъащIэ, жаIэ. Псоми зэрытщIэщи, бзэрщ ди гупсысэхэм лъэмыж яхуэхъур, сабий къалъхуагъащIэми зиузэщIын зэрыщIидзэр. Псалъэм и къарур гъунапкъэншэщ. ЩIэныгъэм къызэрихутащи, цIыхум сыт хуэдиз бзэ зригъащIэми, зэрыгупсысэр къыдалъхуа бзэмкIэщ, — жиIащ Токъу Сарэ. — Къыхэзгъэщыну сыхуейт мыри: ижь-ижьыж лъандэрэ бзэр фIыуэ щIэным адыгэхэм пщIэшхуэ хуащIу къогъуэгурыкIуэ. «Зи бзэ ныкъуэм гуныкъуэгъуэ ущигъащIэркъым», — жеIэ адыгэ псалъэжьым. «Сыту жьакIуэ, зи насып!» хужаIэ хъуэпсэгъуэу бзэр зыгъэIэкIуэлъакIуэм. «Жьагуэ мыгъуэщ, псалъищ хузэкIэлъыгъакIуэркъым», — жаIэу яфIэгуэныхь мэхъу зи бзэкIэ мыпсэлъэфхэр. «Ягъэпсалъэмэ, яукIыжыфынукъым» хужаIэу щытащ бзэкIэ лъэщым. Хабзэ мыкIуэду дунейм тетщ лъэпкъым игъуэта Iущыгъэхэр, тхыдэ Iэужьхэр, гъэсэныгъэр. Ахэр бзэм и къарукIэ нобэ къыддогъуэгурыкIуэ. Токъур тепсэлъыхьащ егъэджэныгъэм ехьэлIауэ къэрал унафэ къыдагъэкIхэр районым гъэзэщIа зэрыщыхъум. Абы къелъытэ щIэблэм и щIэныгъэм елэжьыныр сабий садым щегъэжьэн хуейуэ, ар- щхьэкIэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, апхуэдэ программэ убзыхуа зэкIэ щыIэкъым. Къыхэгъэщыпхъэщ «Федеральнэ къэрал егъэджэныгъэ стандарт» программэщIэм тещIыхьауэ Тэрч районым и егъэджакIуэхэм лэжьыгъэ купщIафIэхэр зэрызэфIахыр. Апхуэдэу, адыгэбзэм иIэ щхьэхуэныгъэхэр къызыщыгъэлъэгъуа таблицэ 40 зэхигъэуващ Токъум, къинэмыщIауэ «Ещанэ классым щезыгъаджэхэм папщIэ методикэ чэнджэщхэр» зыфIища лэжьыгъэр абы къыдигъэкIащ. Адыгэ литературэр 11-нэ классым щегъэджынымкIэ и программэ щIэщыгъуэ зэхилъхьащ Дей курыт еджапIэм и лэжьакIуэ Уэрзей Джульеттэ, Урожайнэ курыт школым и егъэджакIуэ Хьэкъул Светланэ 8-нэ классым адыгэбзэмкIэ зэрыщылэжьэну тетрадь игъэхьэзыращ. Уэрзей Джульеттэ, Хьэкъул Светланэ, Хьэрэдурэ Эммэ (Курп Ипщэ школ) сымэ зэгъусэу елэжьащ Адыгэ литературэр 8-нэ классым зэрыщрагъэджыну методикэ чэнджэщхэм. Токъу Сарэ къыхигъэщащ адыгэбзэмкIэ республикэм щекIуэкI зэпеуэхэм, зэхыхьэхэм Тэрч районым и егъэджакIуэхэри школакIуэхэри жыджэру зэрыхэтыр, увыпIэфIхэр къызэрахьыр. Абыхэм ящыщщ илъэс 12 лъандэрэ ирагъэкIуэкI «Си бзэ — си псэ, си дуней» республикэ зэхьэзэхуэр. — Ди лъэпкъым и гур илъу, и фэр тету, и бзэр ищIэу адэкIи илъэс мин бжыгъэхэр къигъэщIэну дыхуеймэ, гулъытэ хэха зыхуэтщIыпхъэр щIэблэрщ. Абы теухуауэ Джылахъстэней Адыгэ Хасэми къуажэхэм щиIэ и къудамэхэми лэжьыгъэшхуэ зэфIагъэкI. Дей жылэр къэсщтэнщи, абы щылажьэ Хасэр советищу зэхэтщ: нэхъыжьхэм, щIалэгъуалэм, цIыхубзхэм я советхэр. Жылэр куейм и къуажэ нэхъ инхэм щыщщ, жэмыхьэтиплIу зэхэтщ. Лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэу 18 дэсщи, псори дызэхохьэ, еджапIэм къекIуалIэ ныбжьыщIэхэр зы къэмынэу адыгэбзэм худогъаджэ. Дызэрыгушхуэракъэ, «мыр дэ ди бзэкъым» жамыIэу, сабийхэм адыгэбзэр зэрагъащIэ, — жиIащ Токъум. Абы зэIущIэм щыжиIащ Хасэхэм цIыхубзхэр къыхашэныр зэрыфIэкъабылыр, бзылъхугъэхэм щIэблэр гъэсэным теухуауэ яIэ зэфIэкIыр Iуэхум къыхэлъытэн зэрыхуейр. Тэрч къалэ Адыгэ Хасэм къалэн зыщищIыжахэм я гугъу ищIащ абы и тхьэмадэ Ахъсор Хьэлым. — ЗэрыгурыIуэгъуэщи, нобэ ди нэIэ зытедгъэтын хуейр лъэпкъ Iуэхурщ. Хабзэм, бзэм ехьэлIауэ ухэзыгъэгупсысыхь куэд ди гъащIэм къытфIыхыхьащ, щIалэгъуалэм я гъэсэныгъэр бгъунлъащ. Апхуэдэуи адыгэм и Iуэху зехьэкIэ хъуам узыгъэпIейтей мымащIэ хэтщ. ГуфIэгъуэ-гузэвэгъуэхэм епхауэ мыхъумыщIагъэхэр, егъэлееныгъэхэр ялэжь зэрыхъуар ди жагъуэщ. Ахэр къэлъытауэ, 2013 гъэм дызэлэжьыпхъэхэр къалэ Хасэм хэтхэм дубзыхуащи, зэрытлъэкIкIэ ахэр дгъэзэщIэнщ. Псом япэу хасащхьэм хэтыну цIыху 15 хэтхащ, советым и президиумым цIыхуи 5 хэдгъэхьэну къэдгъэлъэгъуащ, — къыхигъэщащ Хьэлым. Абы зэрыжиIэмкIэ, Тэрч къалэр жэмхьэти 5-у ягуэшащ, хьэблэхэр зэпычауэ картэм къыщагъэлъагъуэри, а хьэблэхэм щылэжьэну я цIыхухэри трагуэшащ. Тэрч къалэ Адыгэ Хасэм къалэн зэмылIэужьыгъуэхэр зыгъэзэщIэну комиссэу 6 хихащ. Лъэпкъ щэнхабзэр къэгъэщIэрэщIэжыныр пщэрылъ щащIащ Ащхъуэт Русланрэ ФIыцIэхъу Къэралбийрэ, щIалэгъуалэм ядэлэжьэнущ Къандрокъуэ Сэрэбийрэ Щомахуэ Валерэрэ, Урым Лиуанрэ Тумэ Аубэчыррэ я нэIэ тетынущ зауэмрэ гуащIэдэкIымрэ я ветеранхэм, анэдэлъхубзэм и пщIэр къэIэтыным, ар зэрырагъэджыр егъэфIэкIуэным хэлIыфIыхьынур МэшылI Анзорщ, дин Iуэхухэр — Албэрды Хьэзрэталийрэ Ахъсор Ахьмэдрэ, социальнэ лэжьыгъэхэр — Мэрзей Iумэтджэрийрэ Токъу Аниуаррэ зрагъэкIуэнущ. Псоми ди лэжьыгъэр зыхуэдунэтIыр ди хабзэр, бзэр къэтIэтыжынырщ, ди цIыхухэм нэмыс яхэлъынырщ. Къалэдэсхэм Хасэм и лэжьыгъэм нэхъ гулъытэ хуащI хъуащ. Ар наIуэ тщащI абы къыхыхьэну зэрыхуеймкIэ къытхуатх лъэIу тхылъхэм. Хасэм и зы зэIущIэ едгъэкIуэкIыркъым ди нэхъыжьыфIхэр къедмыгъэблэгъауэ. Лъэпкъыр дызэгухьэмэ, дызэкъуэтмэ, къару лъэщ дыхъунущ, — дыщIигъужащ Ахъсорым и псалъэм. ХьэфIыцIэ Мухьэмэд къыщыпсалъэм къыхигъэщащ Джылахъстэней щIыналъэм щыпсэухэр сыт хуэдэ Iуэхуми дапщэщи жыджэру зэрыхэтыр, хьэщIагъэрэ гулъытэкIэ зэрыфIыр. Ар тепсэлъыхьащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и лэжьыгъэм. Апхуэдэуи Мухьэмэд жиIащ зи IуэхущIафэкIэ япэ итхэм Джылахъстэней Адыгэ Хасэр зэрыхибжэр. — Нэхъыбэ дыдэу адыгэр щыпсэур, зэрытщIэщи, Тырку къэралыгъуэрщ. БжыгъэкIэ къапщтэмэ, цIыху мелуани 7-м нэблагъэ мэхъу. Псори дызэлъэIэсын папщIэ, лэжьыгъэшхуэ ирагъэкIуэкI Адыгэ Хасэхэм, Интернетри къагъэсэбэп. АбыкIэ зэлъэпкъэгъухэр зэрощIэ, зэблагъэхэр зэрогъуэтыж. КъинэмыщIауэ, фыщыгъуазэ къыщIэкIынщ, хамэ къэрал щыпсэухэм адыгэбзэр яIэщIэмыхун, ди щэнхабзэр зыхащIэн щхьэкIэ, егъэджакIуэхэр, гъэсакIуэхэр зэрыдгъакIуэм, — жиIащ ХьэфIыцIэм. — Мы зэманым Iуэху нэхъыщхьэ дыдэу дызыгъэпIейтейр Сирием къыщыхъуа зэщIэхъееныгъэм адыгэхэр къыхэтшу Хэкум къэдгъэкIуэжа зэрыхъунырщ. Абыхэм я Iуэхур егъэлеяуэ гугъущ, яшхын ягъуэтыркъым, хущхъуэр, псыр яхурикъуркъым. Мыбыхэм защIэдмыгъакъуэу хъунукъым. ГущIэгъу фхэлъу Тэрч щIыналъэм исхэри мы Iуэхум фыкъыхыхьамэ, ди гуапэт. Мухьэмэд зэIущIэм кърихьэлIахэр щыгъуазэ ищIащ мэкъуауэгъуэм и 29-м Дунейпсо Адыгэ Зэхуэсышхуэ Налшык зэрыщекIуэкIынум. ЛIыкIуэ 250-рэ зыхэтыну зэхыхьэм щаубзыхунущ Сирием къыщыхъуа гузэвэгъуэм адыгэм и щхьэ къыхегъэха зэрыхъуну щIыкIэр. Зэхуэсым къищтэ унафэр къэрал къулыкъущIэхэм я пащхьэ иралъхьэну я мурадщ. — Мини 120-м нэблагъэ адыгэу зэрыс къэралым къыщыхъея зауэм дызэригъэгузавэр къытезгъэзэжу жызоIэ. Абы къыхэкIыуи ДАХ-м и цIэкIэ дынывэлъэIуну дыхуейщ мы мазэм и кIэм екIуэкIыну зэIущIэшхуэм Джылахъстэнейм щыпсэухэми фи зэфIэкI хэфлъхьэну. Сирием щыIэхэм зэрызащIэдгъэкъуэн ахъшэ а махуэм зыхуэтхьэсынущ, — щIигъужащ Мухьэмэд и псалъэм. КъыкIэлъыкIуэу абы Тэрч районым и щIыпIэ администрацэм и унафэщIым и къуэдзэ КIэрэф Мурадин жриIащ Джылахъстэнейм и къуажэхэм адыгэ фIэщыгъэцIэр иратыжын зэрыхуейр. «Нобэ нэхъ хуитыныгъэ дыщиIа зэман къэхъуакъыми, щхьэ къэдмыгъэсэбэпрэ? Ди теплъэм и закъуэкъым, сыт и лъэныкъуэкIи адыгэу дыщытын хуейщ», — къыхигъэщащ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэм. Гупсысэ дахэ зыхэлъ Iуэхугъуэ куэдым тепсэлъыхьащ Хъуажь Фахъри. Абы зи гугъу ищIахэм щыщт Тыркум Iэпхъуа ди цIыхухэр япэ зэманым зыIууа гугъуехьхэри, ахэр нобэ зыхэт Iуэхухэри, н. — Джылахъстэней щIыналъэм и хъыбарыфI куэди зэхэсхат, ауэ иджы япэу сыкъакIуэу аращи, си гуапэ дыдэ хъуащ мыпхуэдэ цIыху зэIухахэр, бзэм, хабзэм тегузэвыхьхэр, ди къэкIуэнум щIэгупсысхэр зэрыщыпсэур, — къыхигъэщащ Хъуажьым. — Токъу Сарэ къыщыпсалъэм «бзэр — псэщ» жиIащ. Пэжщ, бзэ дапщэ зэбгъащIэми, уи анэдэлъхубзэр псом япэщ. А гупсысэр Iэмал имыIэу щIалэгъуалэм яхэпщэн хуейуэ къысщохъу. ЦIыхубзыр анэщ, гъэсакIуэщ, щэныр зыгъэпсри, гущIэгъу къызыбгъэдэкIри аращ. Ахэр къэтлъытэмэ, Сарэ Хасэм зыкъызэрыхуигъэза лъэIур, бзылъхугъэхэри Iуэхум къыхэгъэхьэныр, сфIэкъабылщ. Зэпымыууэ жыдоIэ лъэпкъымрэ хэкумрэ зэрыгъэгъуэтыжыным ди гупсысэр етауэ щытын хуейуэ. ЖыIэгъуафIэщ, ауэ бгъэзэщIэныр нэхъ гугъущ. Сирием къыщыхъуа гузэвэгъуэм къыхэкIкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрми, Адыгейми, Тыркуми, Иорданиеми ди лъэпкъэгъу куэд Iэпхъуауэ щыIэхэщ. Дауи, цIыхум и плъапIэр къыщыхъуа щIыпIэрщи, ахэр иджыри щогугъ, къэралым Iуэхур щызэтеувэжмэ, я лъапсэхэм екIуэлIэжыну. Ауэ, адыгэр абы щытыншынкIэ Iэмал иIэжкъым, я унэ-жьэгухэр зэтракъутащ, нэгъуэщI лъэпощхьэпо куэди къэуващ. Мыр щIыжысIэращи, сыт хуэдэ щхьэусыгъуэри адыгэм къигъэсэбэпу и лъахэ екIуэлIэжын хуейщ. Абы щхьэкIэ дэри, зэрыфщIэщи, лэжьыгъэ куэд едгъэкIуэкIыпхъэщ. Дунейм щызэбгрыпхъа адыгэр къэкIуэжмэ, Хэкури нэхъ бей зэрыхъунум шэч къытевмыхьэ. Диным теухуауэ жысIэнур мыращ: дунейм теткъым зы дин Iейм къыхуриджэу. ЗыщIыпIи деж щытхакъым «фыдыгъуэ, фызауэ» жиIэу. ЦIыхугъэм, фIым, дахагъэм уи гур къыхуэзыгъэуш ди диныр пIыгъыныр псапэщ, ауэ икIи абы и купщIэр зыхэпщIыкIыпхъэщ. Ар псэм къищтэу, гум къыбгъэдэкIыу щытыпхъэщ, абы лъэщыгъэ хэлъын хуейкъым. Нэхъыжьхэм я къалэ советым и тхьэмадэ Урым Лиуан жиIащ къуажэцIэхэр адыгэбзэкIэ зэрегъэтхыжын хуейм икIэщIыпIэкIэ зэрелэжьыпхъэр. Къыхигъэщащ гуфIэгъуэ-гузэвэгъуэ Iуэхухэм ехьэлIауэ адыгэхэм егъэлееныгъэ куэд ящIэ зэрыхъуари, кIуэтэху хабзэр зыхэпщIэу цIыхухэм IэщIыб зэращIри. Къемызэгъыу къелъытэ ахъшэ щIыхуэ къащтэу хьэгъуэлIыгъуэхэр шхапIэхэм зэрыщрагъэкIуэкIыр, апхуэдэхэм деж хабзэм и фIагъ куэд Iэпэдэгъэлэл зэрыхъур. Сирием къикIыжа ди лъэп- къэгъухэр хэкум изэгъэжа зэрыхъунумкIи хэкIыпIэу илъагъухэр жиIащ Урымым. — Лъахэм къекIуэлIэжхэр къуажэ псэукIэм хэзэгъэну пIэрэ? ДиIэщ Джылахъстэнейм ахэр зыхэдгъэтIысхьэ хъуну жылагъуэхэр. Къаншыуей къуажэм унэ лъапсэ нэщIу 30-м нэблагъэ дэтщ, ХьэпцIейри ардыдэщ. Ярэби, щIым елэжьу, Iуэхухэр зэдэтщIэу къытхэмызэгъэжыну пIэрэ ахэр?! Ди гуапэу тлъэкIкIэ защIэдгъэкъуэнт, — жиIащ абы. ХьэфIыцIэ Мухьэмэд къыхигъэщащ къэкIуэжа ди лъэпкъэгъухэм я IуэхухэмкIэ мы зэманым ДАХ-ми КъБР-м и Правительствэми лэжьыгъэ зэрырагъэкIуэкIыр. Абы зэрыжиIамкIэ, Крем-Константиновкэ, Благовещенскэ жылэхэм унагъуэ 20-м унэхэр къыщыхуащэхуащ, иджыри зыкъомым иратыну загъэхьэзыр. «Ахэр нэхъ зэгъунэгъуу дгъэтIысмэ, нэхъыфIу къыщIэкIынщ, щыIэщ Анзорей, Ерокъуэ къуажэхэм дэтIысхьахэри», — пищащ Мухьэмэд. Зэхуэсым къыщыпсэлъащ Терекскэ (Болэтей) къуажэм щыпсэу Ныбэжь Михаил, Ислъэмей жылэм щыщ Ахъсор Хьэутий сыми. ЗэIущIэм къыщаIэта Iуэхухэр къызэщIикъуэжри, КIэрэф Мурадин абы къекIуэлIахэм фIыщIэ яхуищIащ, я гукъеуэхэр, хэкIыпIэхэр къызэрагъэлъэгъуари и гуапэ зэрыхъуар жиIащ. Мурадин цIыхухэр къигъэгугъащ зыпэлъэщыну псори зэман кIэщIым зэфIагъэкIыну. ХьэфIыцIэ Мухьэмэд Джылахъстэней Адыгэ Хасэм тыгъэ хуищIащ МэшбащIэ Исхьэкъ томибл хъу и тхылъхэр, Адыгэ махуэгъэпсхэр. БАГЪЭТЫР Луизэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28755.txt" }
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм 2013 гъэм икIыу хьэжыщI кIуэнухэм ядэIэпыкъунымкIэ къызэгъэпэщакIуэ комитетым теухуауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Унафэ 2013 гъэм мэкъуауэгъуэм и 11-м №60-РГ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм икIыу муслъымэн щIыналъэ лъапIэхэу Мэккэрэ Мадинэрэ хьэжыщI кIуэнухэм ядэIэпыкъун мурадкIэ: 1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм 2013 гъэм икIыу хьэжыщI кIуэнухэм ядэIэпыкъунымкIэ къызэгъэпэщакIуэ комитет къэщтэн икIи абы хэгъэхьэн мы унафэм и гуэдзэным итхэр. 2. Къэрал властым и республикэ органхэм, щIыпIэ унафэр зезыгъакIуэ органхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ организацэхэмрэ чэнджэщ етын хьэжыщI кIуэнухэм ядэIэпыкъуну. 3.Мы унафэм къару егъуэт Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2013 гъэм мэкъуауэгъуэм и 11-м къыдигъэкIа унафэ № 60-РГ-мкIэ къищтащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм 2013 гъэм икIыу хьэжыщI кIуэнухэм ядэIэпыкъунымкIэ къызэгъэпэщакIуэ комитетым хэтхэр Къуэшрокъуэ З. Къ. — Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэр (къызэгъэпэщакIуэ комитетым и унафэщIщ) Бэджыдэ Ю.М. — Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм Гъуэгухэм шынагъуэншэу щызекIуэнымкIэ и къэрал инспекцэм и управленэм и унафэщIыр (зэгурыIуауэ) Бесчокъуэ А.Ш. — Федеральнэ таможнэ къулыкъущIапIэм и Кавказ Ищхъэрэ таможнэ управленэм и Минераловодскэ таможнэм и Къэбэрдей-Балъкъэр таможнэ постым и унафэщIыр (зэгурыIуауэ) Гергоков Дж. Б. — Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм цIыхубэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министрым и къуэдзэр (къызэгъэпэщакIуэ комитетым жэуап зыхь и секретарщ) Дзасэжь Хь. У. — Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и тхьэмадэр (зэгурыIуауэ) ДыщэкI А. З. — Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм транспортымкIэ, связымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министрыр Жанатаев С. А. — Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым ЛэжьыгъэмкIэ, социальнэ политикэмрэ узыншагъэр хъумэнымкIэ и комитетым и унафэщIыр (зэгурыIуауэ) Къумахуэ М. Л. — Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм цIыхубэ хъыбаре- гъащIэ IэнатIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министрыр Пугачев А. Н. — «Урысей Федерацэм ШынагъуэншагъэмкIэ и федеральнэ къулыкъущIапIэм и гъунапкъэхъумэ управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ» федеральнэ къэрал кIэзонэ IуэхущIапIэм и унафэщIыр (зэгурыIуауэ) Сокъур О. Хь. — Iэпхъуэшапхъуэхэм я IуэхухэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и Управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и унафэщIыр (зэгурыIуауэ)
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28761.txt" }
Гузэвэгъуэ хэхуа ди лъэпкъэгъухэм дадэвгъэIэпыкъу! Узэкъуэтмэ – улъэщщ Мэкъуауэгъуэм и 29-м Налшык щекIуэкIынущ Дуней-псо адыгэ зэхуэс. Абы кърихьэлIэнущ ООН-м, ЮНЕСКО-м, Узыншагъэр хъумэнымкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэм, нэгъуэщI жылагъуэ IуэхущIапIэ куэдми я лIыкIуэхэр. Ар щIызэхуашэсыр адыгэу дунейм тетым иджыпсту гуныкъуэгъуэшхуэу яIэм — Сирие Хьэрып Республикэм щекIуэкI зауэм хиубыда ди лъэпкъэгъу куэдым лей къазэрытехьэм — хэкIыпIэ къыхуагъуэтын щхьэкIэщ. Зым и дежкIи щэхужкъым а зэпэщIэтыныгъэ гуащIэм цIыху мамыр куэд зэрыхэкIуадэр; дощIэ гузэвэгъуэм ирихужьауэ Иорданием, Тыркум, нэгъуэщI къэралхэми ди лъэпкъэгъу мини-пщIым щIигъу зэрыщыпсэур. Нобэ ирихьэлIэу Сирием щыIэ щытыкIэм щыгъуазэ защIу, абы тепсэлъыхьу зэбгрыкIыжыну аракъым зэхуэсышхуэр щIызэхашэр, атIэ «дэ — Хэкужьым исхэр — гузэвэгъуэ хэхуа ди къуэш-шыпхъухэм сыткIэ дадэIэпыкъуфыну?», жаIэу зэчэнджэщыжу щхьэж зэрыхузэфIэкIкIэ абыхэм япэIэбэным къыхураджэнырщ. Ди къуэшхэм защIэгъэкъуэн мурадкIэ Урысей Сбербанкым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэ №8631-м счет хэха къыщызэIуахащ. Сирием щытыкIэ гугъу къыщихута ди лъэпкъэгъухэм защIэзыгъэкъуэну хуей дэтхэнэми мы счетым ахъшэ хилъхьэ хъунущ: ИНН 0711040610 / КПП 072101001 Расчетный счет 40703810060330000227 БИК 040702660 Корсчет 30101810600000000660 Кабардино-Балкарское ОСБ №8631, г. Нальчик, ул. Пушкина/Кешокова, 33-а/72 Дунейпсо Адыгэ Хасэм иджыблагъэ унафэ къищтащ дунейм адыгэу тетым я тумэнипщI зырыз мы псапащIэ Iуэхум халъхьэным къыхуеджэным теухуауэ. Мы жэрдэмым псэ хьэлэл зиIэ цIыху куэд къызэрыпэджэжынуми тумэнипщI нэхърэ нэхъыбэкIэ абыхэм япэIэбэнухэр мымащIэу зэрыщытынуми шэч къытетхьэркъым. Мыбыи гу лъывэдгъэтэну дыхуейт: мэкъуауэгъуэм и 29-м Адыгэ зэхуэсышхуэр щызэхэтыну Налшык дэт Къэрал киноконцерт гъэлъэгъуапIэм и щIыхьэпIэм деж марафон къыщызэрагъэпэщынурэ абы къыщыхах ахъшэри Сирием щыщ ди лъэпкъэгъухэм Iэрагъэхьэнущ. Аращи, адыгэ псори фыкъыхудоджэ: IуэхуфI влэжьыным фепIэщIэкI! Фи дэтхэнэ сомри ди лъэпкъэгъу иджыпсту дэхуэхахэм сэбэп зэрахуэхъунум шэч къытевмыхьэ. Абыхэм дазэрыкъуэувэным, зэрызащIэдгъэкъуэным Iэмалу щыIэр къыхуэдвгъэгъэсэбэп! Ди нэхъыжьыфIхэм купщIэшхуэ халъхьащ «Узэкъуэтмэ — улъэщщ!» къыхуеджэныгъэм.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28763.txt" }
Нобэ Сабий футболым и дунейпсо махуэщ Мэкъуауэгъуэм и 19 — 23-хэм Минск (Белоруссие) щызэхэтынущ урысей прессэм и ХV дунейпсо конгрессыр. Къэрал лэжьакIуэ, РАЕН-мрэ ЩIДАА-мрэ я академик Соблыр Андемыркъан и ныб-жьыр илъэс 62-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, уэшх мащIэ къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 23 — 25-рэ, жэщым градус 19 — 21-рэ щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28766.txt" }
ЕджапIэ нэхъыщхьэхэр фIы дыдэу къэзыухахэм дипломхэр яритащ Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым щыщ щIалэрэ хъыджэбзу Москва дэт еджапIэ нэхъыщхьэхэр фIы дыдэу къэзыухахэм дипломхэр яритащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен. Мы гъэм къалащхьэм и вузхэр къэзыуха щIалэрэ хъыджэбзу 150-м щIигъу къызрихьэлIа а гуфIэгъуэ зэхыхьэр щрагъэкIуэкIащ «Яузэ Iут уардэунэ» концерт гъэлъэгъуапIэ иным. «Сыздыхэплъэм сэри Москва сыщеджэу щыщыта зэманыр сигу къокIыж, -захуигъэзащ ныбжьыщIэхэм Къанокъуэ Арсен. — ЗанщIэу жысIэнщи, абы щыгъуэ сэ зэи сигу ихуакъым сыщалъхуа уна- гъуэр, сыкъызыхэкIа лъэпкъыр си щIыб къызэрыдэтыр. А зэманым Москва ще-джа адыгэ псоми ягу илъыр ардыдэт икIи ди щIыналъэр къызэрыттемыукIытыхьыным къарууэ диIэр етхьэлIэрт. Дэ къэрал дахэм дыщопсэу, абы зегъэужьыным ди лъэпкъхэр сыт щыгъуи зэрахуэфащэкIэ телэжьащ. Сэ фыкъыхузо-джэ фызыхапIыкIа щэнхабзэр зыщывмыгъэгъупщэну. Фыпсэуху ар фи псэм хэвгъэлъ, фи бынхэр щIэфпIыкI. Еджэн зэи зэпывмыгъэу. ЩIэуэ къэхъу псоми хуе-джапхъэщ, сыту жыпIэмэ, цIыхур зэпымыууэ IуэхущIэхэм хущIокъу. Мурад тэмэмхэр зыхуэвгъэувыж, ахэр зэпIэзэрыту вгъэзащIэ, зэи фыкъимыкIуэту. Апхуэдэ тегушхуэныгъэ фхэлъмэ, псори къывэхъулIэнущ. Диплом плъыжьхэр къэзыхьахэм сэ нобэ сохъуэхъу я егугъуныгъэм къахудэкIуа гуфIэгъуэмкIэ. Вузыр къэзыуха дэтхэнэми и лэжьыгъэ хьэлэлкIэ щалъхуа щIыналъэмрэ ди хэку ин Урысей Федерацэмрэ фIыгъуэ къыхуахьыну си гуапэщ. ФIы дыдэу фызэреджам хуэдэу фIыуэ фыпсэу!», — жиIащ Къанокъуэ Арсен. ЩIалэгъуалэм а пщыхьэщхьэм ехъуэхъуащ мы зэхыхьэр къызэзыгъэпэща, «Адыгэхэр» фондым и къызэгъэпэщакIуэхэм ящыщ зы, Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэу УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым хэт Къэжэр Альберт: «Мы зэIущIэм кърихьэлIа псоми сэлам гуапэ фызох икIи фIыщIэ фхузощI ди гуфIэгъуэр къызэрыдэфIэтам папщIэ. Еджэн къэзыухахэр балигъ гъащIэм хохьэ. Сынывохъуэхъу адэкIэ фчыну дэтхэнэ зы лъэбакъуэри дэ дызыгъэгушхуэ, дызыгъэгуфIэ, апхуэдэ щIалэгъуалэ дызэ- риIэм папщIэ ди щхьэр лъагэу щIэтIэт Iуэху хъуну. Гъуэгу махуэ!» ЩIалэгъуалэм ехъуэхъуу апхуэдэу зэхыхьэм къыщыпсэлъащ хьэщIэ лъапIэхэр: УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым и УнафэщIым и япэ къуэ-дзэ Торшин Александр, УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым хэт Тотоонов Александр, профессор, УФ-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Агырбэ Юрий, УФ-м щыIэ Азербайджан зэгухьэныгъэхэм я союзым и Iэтащхьэ Аббасов Аббас, Москва и мэрием и лIыкIуэ Карапетян Вагран, нэгъуэщIхэри. ГуфIэгъуэ пщыхьэщхьэр ягъэдэхащ «Адыгэхэр» щэнхабзэ фондым и къэфакIуэ ансамблым, артист цIэрыIуэхэу Хьэжрокъуэ СулътIан, Хьэцей Тимур, Багъ Сэхьид, ЛIыбзу Аслъэн, Бэрэгъун Марьянэ, Апэнэс Астемыр, Третьяк Татьянэ, Теунэ Джэмал, Къэбэрдокъуэ Мурат, Зеифэ Ашэмэз, ГъункIафэ Азэмэт, Аренгольд Кристинэ, Готти Амагэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артист Тут Заур сымэ. КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28768.txt" }
Щэнхабзэм зезыгъэужь зэхыхьэшхуэ «Урысейм и театрхэр — Кавказ Ищхъэрэм» проектым и лэжьыгъэр и кIэм нэблэгъащ. Абы хыхьэу, Кавказ Ищхъэрэм япэу щекIуэкIащ Урысейм и къалэ цIыкIухэм щылажьэ театрхэм я фестиваль. ЕпщыкIузанэу къызэрагъэпэщ мы зэхыхьэр я нэIэм щIэтащ УФ-м и Президентым и Администрацэмрэ Урысейм ЩэнхабзэмкIэ и министерствэмрэ, УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэм и аппаратыр я дэIэпыкъуэгъуу. Лъэпкъхэм я къэрал театрым и художественнэ унафэщI, Урысейм и цIыхубэ артист, фестивалыр къызэзыгъэпэща Миронов Евгений УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэ Хлопонин Александр зыхуигъэза нэужь, къалэ цIыкIухэм я театр фестиваль Кавказ Ищхъэрэм щрагъэкIуэкIыну зэгурыIуащ. Мироновым зэрыжиIамкIэ, мы Iуэхур игу къыщыкIар нэгъабэ Грознэм щыщыIарщ. Иужьым, Хлопонин Александр и жыIэкIэ, фестивалым зрагъэубгъуну мурад ящIащ, «Урысейм и театрхэр — Кавказ Ищхъэрэм» проектым хэту. Проектым хэту, Мэхъэчкъалэ, Псыхуабэ, Владикавказ, Грознэ, Черкесск, Налшык, Магас, Магадан къалэхэм Урысейм и театр нэхъыфIхэм спектаклхэр щагъэлъэгъуащ. Апхуэдэхэщ, Миронов Евгений зи унафэщI Лъэпкъ театрыр, Вахтангов Евгений и цIэр зезыхьэ Къэрал академическэ театрыр, Чехов Антон и цIэр зезыхьэ МХТ-р, Райкин Аркадий и цIэр зезыхьэ «Сатирикон» театрыр, Табаков Олег зи унафэщI «Табакерка» театрыр. Урыс литературэм и классикхэм я тхыгъэхэм къытращIыкIа спектаклхэр фестивалым щызыгъэлъэгъуахэм ящыщщ актер цIэрыIуэхэу Леонтьев Авангард («Собрание острых слов»), Райкин Константин («Константин Райкин. Своим голосом»), Филиппенкэ Александр («В поисках живой души: Гоголь, Зощенко, Довлатов»). Лъэпкъхэм я къэрал театр проектым и къызэгъэпэщакIуэм «Рассказы Шукшина» спектакль цIэрыIуэр мэкъуауэгъуэм и 17-м Псыхуабэ щигъэлъагъуэри, фестивалыр зэхуищIыжащ. Къалэ цIыкIухэм я театрхэм я фестиваль гъэ къэс ирагъэкIуэкIыр мэкъуауэгъуэм и 13-м зэхуащIыжащ. Абы хэтащ Ростов областым и Новошахтинск, Самарэ областым и Новокуйбышевск, Удмуртием и Глазов, Красноярск крайм и Минусинск, Калининград областым и Советская, Урысейм и нэгъуэщI къалэ цIыкIухэми щыщ творческэ гуп 13. Фестивалыр щекIуэкIа махуэхэм егъэджакIуэ Iэзэхэм мастер-классхэр ятащ. Остроумовэ Ольгэ зи нэхъыжь къэпщытакIуэ гупым хэтхэм къыхахащ Москва щагъэлъэгъуэну спектаклыр. Абыхэм къызэралъытэмкIэ, мы проектым мыхьэнэшхуэ иIэщ къэралым и щэнхабзэр зэтегъэувэжынымкIэ, Урысейм и къалэ цIыкIухэм щылажьэ театрхэм, абыхэм я лэжьакIуэ гупхэм я зэфIэкIым хэгъэхъуэнымкIэ. КъБР-м и Iэтащхьэмрэ и Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28775.txt" }
Хэкупсэ нэс Щхьэныкъуэ Мусэбий и вагъуэр Дзэлыкъуэ куейм хыхьэ Малкэ къуажэм дэса Щхьэныкъуэ зэкъуэшхэу Нухьмэн, Музэрач, Мусэбий сымэ ящыщщ а жылэм и тхыдэм зи цIэр фIыкIэ къыхэнахэм. Абыхэм я адэ-анэ Хьисэрэ Баблинэрэ яхузэфIэкIащ бынхэм зэрыпсэун IэщIагъэ ирагъэгъуэтын, гъуэгу захуэ трагъэувэн. КъытщIэхъуэ щIэблэм гъэсэныгъэ екIу, щIэныгъэ куу етыным зи гъащIэхэр щхьэузыхь хуэзыщIа а зэшхэр сыт хуэдэ зэмани хуэпэжащ я щIалэгъуэм гурэ псэкIэ къыхахауэ щыта егъэджакIуэ IэщIагъэм. Щхьэныкъуэ Мусэбий (1942 - 2012) Налшык дэт педучилищэм фIыуэ илъагъу IэщIагъэр щызригъэгъуэтри, Нухьмэн егъэджакIуэу игъэзэжащ щалъхуа жылэм. ЩIалэщIэм сабийхэр хуигъасэрт я анэдэлъхубзэр, лъэпкъ хабзэр фIыуэ ялъагъуным, я Хэкур ягъэпэжыным, хуей хъумэ, абы и къыщхьэщыжакIуэу увыным. 1943 гъэм и гъэмахуэм Курск и Iэшэлъашэм щыхэкIуэдащ зауэлI хахуэр, щIэблэм я гъэсакIуэ нэсыр. Абы щыгъуэ Нухьмэн и ныбжьыр илъэс 23-м иту арат. Щхьэныкъуэ Нухьмэн и цIэр ящыгъупщакъым Малкэ курыт еджапIэ №2-м: абы и сабий зэгухьэныгъэм Нухьмэн и цIэр зэрехьэ, школ музейм лIыхъужьым теухуа дэфтэрхэр щIэлъщ. Малкэ къуажэм и уэрамхэм ящыщ зым Щхьэныкъуэ Нухьмэн и цIэр фIащащ. Нэхъыжьым хиша лъагъуэр нэхъыщIэм гъуэгугъэлъагъуэ хуэхъури, Нухьмэн ирихьэжьа Iуэхум пищащ Музэрач. Хэку зауэшхуэм пIалъэкIэ къызэпиудами, Музэрач и гуращэр зыIэригъэхьащ. 1948 гъэм ар уващ Нухьмэн щылэжьа школым, пэщIэдзэ классхэр иригъэджэну. Сабийхэр фIыуэ иригъаджэм и закъуэтэкъым, атIэ школым щекIуэкI жылагъуэ, комсомол лэжьыгъэхэми хуэжыджэрт Музэрач. Зэрылажьэм хуэдэурэ, КъБКъУ-м и тхыдэ къудамэр къиухащ, иужькIэ класс нэхъыжьхэм щIэсхэм тхыдэр илъэс куэдкIэ яригъэджащ, школым и унафэщIым гъэсэныгъэ лэжьыгъэмкIэ и къуэдзэу лэжьащ. Илъэс 62-рэ къудейщ зэрыпсэуар Щхьэныкъуэ Музэрач. Абы щыщу илъэс 41-р сабийхэр егъэджэным иритащ. И шынэхъыжьитIыр зыхунэмысахэм хуэпабгъэу, абыхэм я ехъулIэныгъэхэр игъэбагъуэрэ адэкIэ зригъэужьу и къуэшхэр щылэжьа курыт школ №2-м егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм илъэс 50-м нэблагъэкIэ щыпэрытащ Мусэбии… Илъэс мэхъу егъэджакIуэ IэкIуэлъакIуэ Щхьэныкъуэ Мусэбий зэрыщымыIэжрэ. 2012 гъэм и гъатхэм ар зэуэзэпсэу дунейм ехыжащ. И фэеплъ махуэм ирихьэлIэ «ЕгъэджакIуэм и лъэужь» пшыхь иджыблагъэ щекIуэкIащ Мусэбий щылэжьа курыт школым. Ар къызэригъэпэщащ илъэс куэдкIэ Мусэбий къыдэлэжьа егъэджакIуэ щыпкъэ Къардэн ФатIимэ. Абы кърагъэблэгъат Дзэлыкъуэ куей администрацэм и лIыкIуэ Бэрзэдж Рэмэзан, егъэджэныгъэмкIэ куей IэнатIэм и унафэщI Нэгумэ Лейла, куей библиотекэм и пашэ Шэру Светланэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Щоджэн Риммэ, ветеранхэм я къуажэ советым и тхьэмадэ НэфIэдзокъуэ Хъусен, Щхьэныкъуэ лъэпкъым и нэхъыжь Щхьэныкъуэ Хьэсэнбий, Малкэ къуажэ администрацэм и Iэтащхьэ Вэрокъуэ Арсен, «Адыгэ псалъэ», «Зольские вести» газетхэм я лIыкIуэхэр, Мусэбий и анэкъилъхухэр, и унагъуэм щыщхэр. Пшыхьым жыджэру хэтащ егъэджакIуэхэр, школакIуэ цIыкIухэр. Фэеплъ зэIущIэр щекIуэкIым. ЕджапIэм и унафэщI Хъуран ФатIимэ хьэщIэхэм защригъэплъыхьащ Мусэбий и нэIэм щIэту лэжьа школ музейм. Абы иужькIэ псори ирагъэблэгъащ пшыхьыр щекIуэкIыну пэшышхуэм. Ар екIуу къыхузэгъэпэщат Iуэхум: Мусэбий и сурэтышхуэр экраным къищырт, и егъэджэныгъэ лэжьыгъэр, и усэхэр, тхыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр щызэхуэхьэса гъэлъэгъуэныгъэри купщIафIэт. Нэхъыщхьэрати, утыкум екIуу щеувэкIат ныбжьыщIэхэр, Мусэбий и гъэсэн цIыкIухэр, егъэджакIуэ нэсу, гъуэгугъэлъагъуэ IэкIуэлъакIуэу яIа я нэхъыжьыфIым и фэеплъ пшыхьым зыхуащIу. ЗэIущIэр къызэIуахащ ар езыгъэкIуэкIа егъэджакIуэхэу Хьэжнэгъуей Эльмирэрэ Къумыкъу Жаннэрэ. Пшыхьыр къызэIуаха нэужь, абыхэм псалъэ иратащ еджакIуэ цIыкIухэм. «ХэкулI имысмэ, Хэкур Хэкукъым», — жаIэ. ЛIы нэс зимыIэ лъэпкъри аращ. Къыхуэжумартти Тхьэшхуэр Балъкъ щIыналъэм, Дэ МусэбийкIэ ар къытхуэупсащ. Фэеплъ зэIущIэр щекIуэкIым. А псалъэхэр зи къыхуеджэныгъэ пшыхьым школакIуэхэр шэщIауэ щытепсэлъыхьащ Щхьэныкъуэ Мусэбий и гъащIэмрэ творческэ лэжьыгъэ купщIафIэмрэ. Мусэбий 1943 гъэм гъатхэпэм и 30-м къалъхуащ. Курыт школыр ехъулIэныгъэкIэ къиуха нэужь, абы дзэм къулыкъу щищIащ, Германие жыжьэм щыIэу. ЩIыхь зыпылъ а къалэныр пщIэ иIэу зэфIигъэкIа нэужь, щIалэм и хэку къигъэзэжащ икIи бгъэдэлъ щIэныгъэм щыхигъэхъуащ КъБКъУ-м и филологие факультетым. IэщIагъэлI ныбжьыщIэм лэжьыгъэм и гур хузэIухат. ЗэрыцIыкIу лъандэрэ зыщIэхъуэпс IэщIагъэр зиIэ хъуа Мусэбий хуэпIащIэрт абы ехьэлIа и мурад дахэхэр гъащIэм хипщэным. Адыгэбзэмрэ ди лъэпкъ литературэмрэ зи псэм къехуэбылIэ, щалъхуа и щIыналъэм езым хуиIэ лъагъуныгъэр дэтхэнэ зы сабийми зыхригъэщIэну щIэхъуэпсу и лэжьыгъэ гъуэгуанэр иублащ Щхьэныкъуэм. Езым жиIэу зэрыщытамкIи, а IэнатIэм щызригъэгъуэта ехъулIэныгъэ псоми я лъабжьэр а и гурыщIэ лъэщхэм къыхалъхьэ къарумрэ гушхуэныгъэмрэт. ЕгъэджакIуэ щIалэр зэман кIэщIым къриубыдэу лэжьыгъэм хуэIэижь хъуащ, зэфIэкI лъагэхэр къыкъуэкIащ, чэнджэщэгъуфI, щапхъэ дахэ егъэджакIуэхэми школакIуэ цIыкIухэми яхуэхъуащ. Абы и еджакIуэхэр щIэх-щIэхыурэ ихьэрт район, республикэ зэпеуэхэм я утыкухэм икIи увыпIэфIхэр къыщахьырт. Иригъэджахэм ящыщ зыбжанэ езым и лъагъуэм теувауэ адыгэбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэу курыт школхэм ноби щолажьэ. Мусэбий псэуху, зы илъэси къэнакъым абы и еджакIуэхэм ящыщу зытIущ КъБКъУ-м и адыгэбзэ къудамэм, абы и педколледжым щIэмытIысхьэу. Бзэмрэ тхыдэмрэ хуиIэ лъагъуныгъэм нэмыщI, Щхьэныкъуэр тхэнми хуэIэкIуэлъакIуэт. ЕджапIэм абы щызэтриублауэ щытащ тхакIуэ, усакIуэ ныбжьыщIэхэм я гупжьей. 2001 гъэ лъандэрэ УФ-м и Журналистхэм я союзым хэт Мусэбий еджакIуэ цIыкIухэр щыгъуазэ ищIырт прозэмрэ усыгъэмрэ я щэхухэм. Пшыхьым щыIуащ Щхьэныкъуэм и къалэмыпэм къыпыкIа усэхэр, макъамэ зыщIалъхьэу уэрэд хъуахэри яхэту. Ахэр теухуащ и Хэкум, щалъхуа жылэм, абы и цIэр фIыкIэ зыгъэIу цIыхухэм. Мусэбий и «Си еджапIэ» усэм къызэхуэсахэм я пащхьэм къыщеджащ абы и къуэрылъху цIыкIу Мадинэ. Апхуэдэу еджакIуэ цIыкIухэу Къардэн Джулианнэ, Акъбей Азэмэт, Мырзэкъан Бэллэ, Мэшыкъуэ Артур, Хъуран Азэмэт сымэ Щхьэныкъуэм и усэхэу «Си адыгэ хэку», «НэхулъэфI сыкъекIмэ», «Си лъэпкъ мащIэу си псэм хуэдэ», «Псы гъунэм сыIусу», «Балъкъыжь и уэрэд» жыхуиIэхэм, нэгъуэщIхэми къеджащ. «Си лъэпкъ, си хабзэ, си анэбзэ, Фэращ си гъащIэм и къежьапIэр. ФхуэсщIэфмэ сыту фIыт Iуэхутхьэбзэ! Фэращ сыт щыгъуи сэ си плъапIэр». Апхуэдэ псалъэхэрат я гупсысэ нэхъыщхьэр усакIуэм и IэдакъэщIэкIхэм я нэхъыбапIэм. УсакIуэ Щхьэныкъуэ Мусэбийрэ макъамэтх Даур Аслъэнрэ зэдатхауэ щыта «Си Хьэжыхьэблэ» уэрэдыр, «Нэмысым и лъахэ», «Ди еджапIэм и уэрэд», нэгъуэщIхэри пшыхьым щагъэзэщIащ Мусэбий и гъэсэну щыта Хъуран Мартин, Батыр Атмессэ, Чып Заретэ сымэ, нэгъуэщIхэми. Абыхэм пшынэ яхуеуащ макъамэмкIэ егъэджакIуэ Къущхьэ Саният. Езы Щхьэныкъуэм хуатха усэхэми къыщеджащ зэхуэсым. Ахэр Мусэбий хуаусат и ныбжьэгъуфIу щыта КIэмыргуей Толэ, Щауэ Берд, еджакIуэ Бышэн Лианэ сымэ. Абыхэм къыхощыж Щхьэныкъуэр цIыху пэжу, пщIэ зиIэ адыгэлI нэсу дунейм зэрытетар. Пшыхьым къекIуэлIахэр адэкIэ тепсэлъыхьащ Щхьэныкъуэм и гъащIэм, и дуней тетыкIам, и Iуэху зехьэкIэ пэрытым, бгъэдэлъа зэфIэкIымрэ щIэныгъэмрэ. НэфIэдзокъуэ Хъусен Щхьэныкъуэ Мидэ Щоджэн Риммэ Щхьэныкъуэ Хьэсэнбий Жыласэ Маритэ Нэгумэ Лейла Хъуран ФатIимэ — Мусэбий жылэри куейри дызэрыгушхуэ цIыху щыпкъэт. Езыр къытхэмытыжми, ар дэ тщIыгъущ и IуэхущIафэ дахэхэмкIэ, гупсысэ жанхэмкIэ, IэдакъэщIэкI купщIафIэхэмкIэ, — жиIащ япэу псалъэ зрата Нэгумэ Лейла. — Зэкъым икIи тIэукъым Щхьэныкъуэм Дзэлыкъуэ куейр игъэлъагъуэу утыкушхуэхэм къызэрихьар. «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ къэралым щекIуэкIа зэпеуэм хэтащ Мусэбий. Абы щытекIуа егъэджакIуэ нэхъыфI дыдэхэм халъытэри, абы иратауэ щытащ зэпеуэм и ЩIыхь тхылъымрэ сом мини 100 хъу саугъэтрэ. Апхуэдэу и лэжьыгъэфIхэм папщIэ абы къыхуагъэфэщауэ щытащ Урысей Федерацэми Къэбэрдей-Балъкъэрми Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ я министерствэхэм я щIыхь тхылъхэр. Ар егъэджакIуэ-методистт, «УФ-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ», «Урысейм и хэкупсэ» цIэ лъапIэхэри хуэфащэ дыдэу зэрихьэрт. Нэгумэм и псалъэхэм пащащ Шэру Светланэ, Щоджэн Риммэ, НэфIэдзокъуэ Хъусен, Щхьэныкъуэ Хьэсэнбий, нэгъуэщIхэми. Абыхэм жаIащ Щхьэныкъуэм и щIэиныр, иIа Iуэху зехьэкIэ пэрытыр щIыналъэпсо хъугъуэфIыгъуэу зэрыщытыр. Щхьэныкъуэ Хьэсэнбий къыхилъхьащ Мусэбий и цIэр къуажэм и уэрамхэм ящыщ зым е щылэжьа школым фIащыну. Къуажэм и Iуэхухэр зезыгъакIуэ Вэрокъуэ Арсен жиIащ а Iуэхум депутатхэр хэплъэну зэрыхьэзырыр. ЕкIуэкIа Iуэхур къызэзыгъэпэщахэм фIыщIэ яхуищIу зэхуэсым къыщыпсэлъащ Мусэбий и шыпхъу нэхъыжь Мидэ. Фэеплъ пшыхьым щыжаIа псори къызэщIикъуэжащ курыт школым и унафэщI Хъуран ФатIимэ. — Илъэс 50-м нэскIэ егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэр хьэлэлу езыхьэкIа Мусэбий щацIыхуар Дзэлыкъуэ куейм и закъуэкъым, абы и зэфIэкIым щыгъуазэ хъуат ди республикэм и школхэм я лэжьакIуэ куэд. Ар жыджэру хэтащ «Си бзэ — си псэ си дуней» республикэпсо зэпеуэм икIи текIуэныгъэхэр къыщихьащ, — къыхигъэщащ ФатIимэ. — 1975 гъэ лъандэрэ ар и унафэщIт тхыдэмкIэ школ музейм. 2009-2010 гъэ еджэгъуэм ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 65-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ къызэрагъэпэщауэ щыта «Школ музейхэм я еплъыныгъэ» Урысейпсо зэпеуэм Мусэбий и музейм республикэм япэ увыпIэр къыщихьри, къэралпсо утыкум ирашахэм яхэтащ. Апхуэдэ лэжьыгъэфIым папщIэ ЩIыхь тхылъ, саугъэт лъапIэ къратат ди нэхъыжьыфIым. Мусэбий и фэеплъыр сакъыу дохъумэ егъэджакIуэ гупым. ЗдэкIуар тыншыпIэ Тхьэм хуищI. ДунеягъэкIэ Тхьэм къимыгъэхъуапсэ. ЗыцIыхуу щыта псоми я гум фIыкIэ къинащ Щхьэныкъуэ Мусэбий. Зи гупсысэкIэкIэ, Iуэху зехьэкIэкIэ, дуней еплъыкIэкIэ адрейхэм къахэщхьэхукIыу щыта хэкупсэ нэсым къытхуигъэнащ и псалъэ Iущхэр, жыIэгъуэ, усэ купщIафIэхэр. Нэхъыщхьэращи, хэлъа и цIыхугъэ лъагэмрэ гулъытэ инымрэ дигу илъщ. Мусэбий зи нэхъыщIэ зэш-егъэджакIуэхэм, хэкупсэ нэсхэм я гъащIэр щапхъэ яхурехъу къытщIэхъуэ щIэблэм. Абыхэм я лъэужьыр зэи хремыгъуащэ. Иремыужьых апхуэдэхэм я вагъуэр. ЖЫЛАСЭ Маритэ. Сурэтхэр МАМИЙ Руслан трихащ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28778.txt" }
Зыри пэмыплъауэ Гуп нэхъыщхьэм пашэныгъэр щызыIыгъ командэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и епщыкIуплIанэ джэгугъуэр яхуэфIакъым. Бжьыпэр зыубыда «ЛогоВАЗ»-ми абы къыкIэлъыкIуэ «ГидроЭС»-ми я зэIущIэхэр фIахьэхуащ. Турнир таблицэм и кIэух увыпIэхэм ящыщ зыр зыIыгъ «Тэрчыр», зыри пэмыплъауэ, бабугентдэсхэм сыт и лъэныкъуэкIи ефIэкIащ. КIэух бжыгъэшхуэм абы шэч лъэпкъ хууигъэщIыркъым. «Спартак-Налшыкым» и щIалэгъуалэ гупым пэщIэтыфакъым «ГидроЭС»-р. Ар къигъэсэбэпри, «Кэнжэм» етIуанэ увыпIэр иубыдащ. Удынышхуэ Джылахъстэнейм щызыхьа «ЛогоВАЗ»-м къыкIэлъыкIуэ, епщыкIутхуанэ, джэгугъуэм псынщIэу зыкъищIэжащ. Абы и стадионым «Нартыр» щыхигъэщIащ. Иужь дыдэ увыпIэм къинащ «ДЕР»-р. Щхьэлыкъуэдэсхэр я стадионым иджы къыщыпикIуэтащ Къэхъун икIахэм. «Къэбэрдейм» и гъуащхьауэ Жэбэтырым иужьрей зэIущIитIым топищ щыдигъэкIри, адрейхэм ящхьэщыкIащ. Мыгъэрей зэхьэзэхуэм зэрыщIидзэрэ ар 20-рэ къыхэжаныкIащ. ТопищкIэ нэхъ мащIэ дагъэкIащ ШащIэмрэ («Къэхъун») Темукуевымрэ ( «Бахъсэн»). Къэбэрдей-Балъкъэрым и чемпионатым хэтхэр иужьу зэрызэIущIам къарикIуа бжыгъэхэм адэкIэ фыщыдгъэгъуэзэнщ. ЕпщыкIуплIанэ джэгугъуэ: «Эльбрус» (Тырныауз) — «Прохладнэ» (Прохладнэ) — 2:1, «Автозапчасть» (Бахъсэн) — «Ислъэмей» (Ислъэмей) — 4:2, «Тэрч» (Тэрч) — «ЛогоВАЗ» (Бабугент) — 4:0, «Нарт» (Нарткъалэ) — «Шэджэм-2» (Шэджэм ЕтIуанэ) — 3:1, «Къэхъун» (Къэхъун) — «Шагъдий» (Налшык) — 1:1, «СК-Союз-Сэрмакъ» (Сэрмакъ) — «Къэбэрдей» (Шэрэдж Ищхъэрэ) — 1:2, «Кэнжэ» (Кэнжэ) — «ДЕР» (Щхьэлыкъуэ) — 2:0, «Бахъсэн» (Бахъсэн) — «Велес» (Къэрэгъэш) — 5:2, «ГидроЭС» (Налшык) — «Спартак-Д» (Налшык) — 1:3; епщыкIутхуанэ джэгугъуэ: «Шэджэм-2» — «ГидроЭС» — 2:1, «Шагъдий» — «Бахъсэн» — 3:8, «ЛогоВАЗ» — «Нарт» — 3:1, «Велес» — «Тэрч» -2:0, «Ислъэмей» — «Кэнжэ» — 2:3, «Къэбэрдей» — «Автозапчасть» — 3:4, «Прохладнэ» — «СК-Союз-Сэрмакъ» — 1:1, «Спартак-Д» — «Эльбрус» — 6:1, «ДЕР» — «Къэхъун» — 2:4. Хьэтау Ислъам.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28798.txt" }
ЦIыху 554-рэ фэтэрыщIэхэм ягъэIэпхъуэнущ «ПсэупIэ-коммунальнэ хозяйствэм щекIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэм я щIэгъэкъуэн фонд» къэрал корпорацэм и правленэр арэзы техъуащ, къат мащIэ фIэкIа мыхъу псэупIэхэр ухуэным зегъэужьынри хэту, жьы хъуа унэхэм цIыхухэр къыщIэгъэкIыным теухуауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым ярита заявкэм. Абы ипкъ иткIэ, ЖКХ-м и фондым щыщу сом мелуан 224,80-рэ республикэм хухахынущ. ЩIыпIэ бюджетыр а Iуэхум сом мелуан 34, 81-кIэ хэувэнущ. АбыкIэ муниципальнэ щIыналъи 10-м унэ ныкъуэкъутэу 44-рэ щрахынурэ, цIыху 554-рэ фэтэрыщIэхэм ягъэIэпхъуэнущ. Гузеевэ Индирэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28800.txt" }
Дыкъэзыухъуреихь дунейм и хъумакIуэхэр Дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэным и илъэсу 2013 гъэр ягъэуващ. Абы ипкъ иткIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щрагъэкIуэкIыну я мурадщ Кавказ Ищхъэрэм хиубыдэ щIыналъэхэм я гъэзэщIакIуэ властхэм я IэнатIэхэм я зэIущIэ. Зэхуэсым щытепсэлъыхьынущ щIым и хъугъуэфIыгъуэхэр тэмэму къэгъэсэбэпынымрэ щIыуэпсыр хъумэнымрэ. Апхуэдэу ирагъэкIуэкIынущ «Патруль щхъуантIэ», «Жыг хэсэ», «Паркым хуэдэу зыщыбгъэпсэху къэгъуэтыгъуейщ» зыфIаща акцэхэр, экологиер хъумэным теухуа щэбэт щIыхьэхухэр, эколог, биолог, щIыуэпсым къыщыхъу зэхъуэкIыныгъэхэм кIэлъыплъ ныбжьыщIэхэм я зэхыхьэхэр. Къыхэгъэщыпхъэщ, шыщхьэIу мазэм къыщыщIэдзауэ цIыху куэд зыгъэщхьэжагъуэ губгъуэ жыхапхъэм (амброзием) ебэнынымкIэ лэжьыгъэ щхьэхуэхэри зэрырагъэкIуэкIынур. Дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэным и илъэсым къриубыдэу КъБКъУ-м и студентхэм еджапIэм, Ботаническэ хадэм, езыхэм я общежитхэм я хъуреягъым къыщыкI амброзие удзыр кърачынущ. Дыкъэзыухъуреихь дунейм зэраныгъэ ин езых мафIэсыр къыщIэхъу щхьэусыгъуэхэмрэ абы зэрызыщыпхъумэну Iэмалхэмрэ ятеухуа дерс щхьэпэхэр Шэджэм ЕтIуанэм дэт курыт еджапIэхэм щрагъэкIуэкIащ. Сабийхэр щагъэгъуэзащ Iугъуэ дыджым и Iэужьхэми. Мыпхуэдэ зэIущIэхэр илъэсыр икIыху щIыпIэ псоми щрагъэкIуэкIынущ. Жанхъуэт Зузэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28802.txt" }
КъБР-м и ТВ-мрэ радиомрэ 1 КъБР «Мир» канал Блыщхьэ, мэкъуауэгъуэм и 24 7.00 Мультфильм (6+) 7.15 «Парламент сыхьэт» (16+) 7.40 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» 8.10 «Iущыгъэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (6+) 8.30 «ЗыщIэхъуэпс лъагапIэ». СамбэмкIэ дунейпсо чемпион Абазэ Ислъам (адыгэбзэкIэ) (12+) 8.55 « 49-нэ каналым и пощт» (12+) 18.00 «Абы и дунейр». Кинооператор икIи режиссёр Аттаев Анатолэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 18.30 СССР-м и цIыхубэ артисткэ Образцовэ Еленэ и концерт. ПэщIэдзэр (12+) 19.30 Мультфильм 19.40 «Жьэгу». Лэжьыгъэм и ветеран Додуевэ Баблинэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 20.15 «Чемпионхэр». КъБР-м физкультурэмрэ спортымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къуныжь Хьэчим (12+) 20.40 «Зи IэщIагъэм хуэпэж». Республикэ клиникэ сымаджэщым и лэжьакIуэ Къанло Феня (12+) 21.05 «Нобэ, пщэдей…». Ищхъэрэ-КъуэкIыпIэ техникэ университетым и профессорхэу ШкIахъуэ Мухьэмэдрэ Таймаз Эролрэ. Тырку (адыгэбзэкIэ) (12+) 21.40 ХъыбарыщIэхэр Гъубж, мэкъуауэгъуэм и 25 7.00 Мультфильм (6+) 7.20 «Перспектива». РТПЦ КБР (12+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 8.00 «IэщIагъэлIхэр». Ветеринар щIэныгъэхэм я кандидат Соттаев Магомет (16+) 8.25 «Унагъуэ». Шэджэм Ищхъэрэ къуажэм щыпсэу Габоев Аслъэн теухуауэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 9.00 «Дыгъэ». Мэзло Руслан и гъэлъэгъуэныгъэр (адыгэбзэкIэ) (12+) 9.25 «Абы и псалъэр». КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ Къэрмокъуэ Мухьэмэд (адыгэбзэкIэ) (16+) 18.00 Мультфильм 18.25 СССР-м и цIыхубэ артисткэ Образцовэ Еленэ и концерт. КIэухыр (12+) 19.30 «Литературэм теухуа псалъэмакъ» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 19.50 «Гъунапкъэхэр». Тележурнал (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 20.20 «Тайм-аут». Спорт тележурнал (12+) 20.40 «ФIым телэжьэн». КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Даур Иринэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 21.10 «Гъэмахуэм» (адыгэбзэкIэ) (12+) 21.40 ХъыбарыщIэхэр Бэрэжьей, мэкъуауэгъуэм и 26 7.00 Мультфильм 7.10 «Ар фщIэн хуейщ». Медицинэ хъыбарыщIэхэр (12+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 8.00 «БлэкIар тщымыгъупщэу». Жэмтхьэлэ Ипщэ къуажэм дэт курыт школым и еджакIуэхэм Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм теухуа я къэлъыхъуэныгъэ лэжьыгъэхэр (12+) 8.30 «Кабардинка» Къэрал академическэ къэфакIуэ ансамблыр илъэс 80 щрикъум ирихьэлIэу. «Ди зэманым». Атэлыкъ Жанусэ (адыгэбзэкIэ) 9.00 «Нало Ахьмэдхъан». КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ Нало Ахьмэдхъан и творчествэм теухуауэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 9.40 «Тайм-аут». Спорт тележурнал (12+) 18.00 Мультфильм 18.15 «Салам алейкум!» Концерт. КIэухыр (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 19.30 «ЦIыхубэ IэпщIэлъапщIэхэр». Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу гъукIэхэм я зэхуэс (16+) 20.05 «Чемпионхэр». Къанщыкъуей зэкъуэшхэу Заур, Адэлбий, Борис (12+) 20.35 «Абы и дунейр». Мокаевэ Зулейха (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 20.55 «Джэрпэджэж». Тележурнал (адыгэбзэкIэ) (16+) 21.30 «Зи чэзу псалъэмакъ» (16+) 21.40 ХъыбарыщIэхэр Махуэку, мэкъуауэгъуэм и 27 7.00 Мультфильм (6+) 7.10 УФ-м и Конституцэр илъэс 20 щрикъум ирихьэлIэу. «Закон нэхъыщхьэ» (16+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 8.00 «О-ха-хай!». КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Жангуразов Мэжит. ПэщIэдзэр (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 8.40 «Гъуазджэм и бзэкIэ». Скульптор БжэIумых Хьид (адыгэбзэкIэ) (12+) 9.15 «Си гъащIэр — си уэрэдщ». КъБР-м и цIыхубэ артист Сэхъу Хьэсэн и творческэ пшыхь. Япэ Iыхьэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 18.00 «Ретроспектива». «Сказка старого Эльбруса». Телевизионнэ фильм (12+) 18.30 «УэрэджыIакIуэ». Ингуш Республикэм щIыхь зиIэ и артист Мусукаев Руслан (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 19.30 Мультфильм 19.35 «Зыгъэпсэхугъуэ, зыгъэпсэхугъуэ…» (6+) 20.05 «Дызэгъусэу». Тележурнал (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 20.30 «Динымрэ гъащIэмрэ» (адыгэбзэкIэ) (12+) 21.00 «КъэкIуэнур нобэрей махуэм пыщIащ». Театрымрэ киномрэ я артист Апэнэс Астемыр (12+) 21.40 ХъыбарыщIэхэр Мэрем, мэкъуауэгъуэм и 28 7.00 Мультфильм (6+) 7.10 «Музейхэр» программэр (12+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 8.00 «Ойнай-ойнай…». ГушыIэ программэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 8.20 «КъэкIуэнур зейхэр» (адыгэбзэкIэ) (12+) 8.45 Осипов Николай и цIэр зезыхьэ, Урысейм цIыхубэ макъамэ IэмэпсымэхэмкIэ и лъэпкъ академическэ оркестрым и концерт (12+) 18.00 Мультфильм 18.10 «НэхъыфI псори — сабийхэм». «Зори Кавказа» турбазэр къызэIуах. Ташлы-Тала къуажэ (12+) 18.30 «Сабиигъуэм и плъыфэхэр». Сабийхэм сурэт щIынымкIэ я зэпеуэм хэтахэм я лэжьыгъэхэр (12+) 19.30 «Хьэлэл фхухъу!..» (12+) 19.55 «Зы уэрэдым и хъыбар» (адыгэбзэкIэ) (16+) 20.15 «ЩIыуэпс» (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.50 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 21.40 ХъыбарыщIэхэр Щэбэт, мэкъуауэгъуэм и 29 7.00 Мультфильм (6+) 7.20 «Хьэсэн и гъащIэр». ТхакIуэ Шаваев Хьэсэн (12+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 7.55 «Ретроспектива». «В дружбе с природой». Телефильм (12+) 8.10 «О-ха-хай!» КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Жангуразов Мэжит. КIэухыр (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 8.45 «Адыгэ шы лъэпкъхэмрэ иджырей шы гъэхъукIэмрэ». Ашэбокъуэ Леонид и тхылъым теухуауэ (адыгэбзэкIэ) (16+) 9.10 « 49-нэ каналым и пощт» (12+) 12.50 «Сирием щыщ ди лъэпкъэгъухэм ядэIэпыкъун!» псапащIэ телемарафоныр. (12+) 18.00 «Кавказ пшэплъхэр» къофэ». «Зори Кавказа» къэфакIуэ гупым и концерт (адыгэбзэкIэ) (12+) 19.10 «Iущыгъэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (6+) 19.30 ХъыбарыщIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ) 19.45 «Гум имыхуж». УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ Сибэч Быхуэ (адыгэбзэкIэ) (16+) 20.15 «Республикэм щыхъыбархэр». ХъыбарыщIэхэр (адыгэбзэкIэ) 20.30 Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэм я къэрал-хабзэ зыужьыныгъэ. Дунейпсо щIэныгъэ -практикэ конференцэм къратыкI репортаж (16+) 21.00 «49-нэ каналым и пощт» (12+) Тхьэмахуэ, мэкъуауэгъуэм и 30 7.00 Мультфильм (6+) 7.10 «Телегалерея». УФ-м щIыхь зиIэ и артист Шыбзыхъуэ Басир (16+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ) 7.55 УсакIуэ Гуртуев Сэлихь и ныбжьыр илъэс 75-рэ ирокъу. «ЗэIущIэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 8.30 «Унагъуэ». Лашынкъей къуажэм щыпсэу Тхьэзэплъыжхэ я унагъуэр (адыгэбзэкIэ) (12+) 8.55 «Республикэм щыхъыбархэр». ХъыбарыщIэхэр (адыгэбзэкIэ) 9.10 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 16.10 «IуэхуфI лэжьыным хуэгъэпса мурадхэр». Къэрэшей-балъкъэр щIалэгъуалэм я «Эльбрусоид» фондыр илъэси 10 ирокъу. Япэ Iыхьэ (12+) 17.15 «Зи чэзу Iуэхухэм ятеухуауэ». КъБР-м щыщ бзылъхугъэ-унафэщIхэм я зэгухьэныгъэр (16+) 17.35 «ЦIыхубэ зэчиифIэ». Кудаев Магомед (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 18.05 «Дыщэ пхъуантэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (6+) 18.30 Толстой Алексей. «Пащтыхьымрэ пащтыхь гуащэмрэ». ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей Къэрал драмэ театрым и спектакль (12+) 20.40 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 21.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» КъБР-м и ТВ Блыщхьэ, мэкъуауэгъуэм и 24 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ) 14.30, 17.15, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 18.30 «Лъэужь мыужьых». Урысбийхэ я лъэпкъыр 19.15 «Хамэ сабий щыIэкъым» Гъубж, мэкъуауэгъуэм и 25 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр 9.00 «Лъэужь мыужьых». Урысбийхэ я лъэпкъыр 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ) 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ) 14.30, 17.15, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 18.30 «Зэманым и лъэужь» 19.20 «Тщымыгъупщэн папщIэ» (адыгэбзэкIэ) Бэрэжьей, мэкъуауэгъуэм и 26 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ) 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ) 14.30, 17.15, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 18.30 «ПцIы хэмылъу». Т/ клуб 19.15 «Ди узэщIакIуэхэр». Балъкъэр литературэм и классик Мечиев Кязим (балъкъэрыбзэкIэ) Махуэку, мэкъуауэгъуэм и 27 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр 9.00 «Нобэ япщэфIхэр» 9.30 «Си унагъуэшхуэр» 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ) 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ) 14.30, 17.15, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 18.30 «Дыгъуасэ, нобэ, пщэдей». «Шэрджэс дуней» фестивалыр (адыгэбзэкIэ) 19.15 «Кавказым щыпсэу лъэпкъи 100» (балъкъэрыбзэкIэ) Мэрем, мэкъуауэгъуэм и 28 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр. 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ) 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ) 14.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 17.15 ЩIыпIэ зэман. Кавказ Ищхъэрэм щыхъыбархэр 18.30 «Унагъуэ альбом» 19.15 «Тщымыгъупщэн папщIэ» Щэбэт, мэкъуауэгъуэм и 29 8.10, 11.10, 14.20 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 10.05 «Нобэ япщэфIхэр» 10.40 «Зеикъуэ бгъуэнщIагъхэр». Лъахэхутэ Тхьэмахуэ, мэкъуауэгъуэм и 30 10.20 ЩIыпIэ зэман. «Тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» 14.20 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр ВГТРК-м и радио Блыщхьэ, мэкъуауэгъуэм и 24 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10 7.25 — 7.45 КъардэнгъущI Зырамыку. Уэрэдымрэ абы и тхыдэмрэ (адыгэбзэкIэ). 7.45 — 8.00 Маммеев Ибрэхьим. «ЩIалэ цIыкIумрэ мыщэмрэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 10.15 — 10.30 Дызэгъусэу дыкъоджэ. Богомолов Владимир. «Япэ лъагъуныгъэ». 13.25 — 13.45 «Iуэху куэд щызэфIагъэкI блыщхьэ». 13.45 — 14.00 Мусукаев Р. «Си Балъкъэр». концерт (балъкъэрыбзэкIэ). Гъубж, мэкъуауэгъуэм и 25 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10 7.25 – 7.45 «ГукъыдэжыфI». Концерт (адыгэбзэкIэ). 7.45 — 8.00 Макитов Сафар. «Индек» рассказыр (балъкъэрыбзэкIэ). 10.15 — 10.30 «ШыкIэпшынэм и макъыр си псэм хохьэ» (адыгэбзэкIэ). 13.25 – 13.40 «Дыдэзыхьэххэм я зэхэкIыпIэ». 13.40 — 14.00 «Усэхэр зэрыт тетрадь». КIыщокъуэ Алимрэ Гамзатов Расулрэ я IэдакъэщIэкIхэр. Бэрэжьей, мэкъуауэгъуэм и 26 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10 7.25 — 7.45 МафIэдз Сэрэбий. «Ди нэхъыжьхэм я Iущыгъэр уасэ зимыIэ хъугъуэфIыгъуэщ» (адыгэбзэкIэ). 7.45 — 8.00 Таукеновэ Галинэ. «Уэрэдыр си Iэпэгъущ». Концерт (балъкъэрыбзэкIэ). 10.15 — 10.30 Къэрэшей-балъкъэр эпосыр. «Сэтэней» поэмэр (балъкъэрыбзэкIэ). 13.25 — 14.00 «ГъащIэр тфIэIэфIу!» Махуэку, мэкъуауэгъуэм и 27 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10 7.10 — 8.00 «Жьырытэдж». ХъыбарегъащIэ-нэгузыужь канал. 10.15 — 10.30 Дызэгъусэу дыкъоджэ. Чипчиков Борис. «Дэ Грааль дыпэгъунэгъуу дыпсэуащ» рассказыр. 13.25 — 13.40 «Псэм и дунейр». Литературэ-макъамэ композицэ (адыгэбзэкIэ). 13.40 — 14.00 Додуев Аскэр. «Усыгъэм и дакъикъэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ). Мэрем, мэкъуауэгъуэм и 28 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10 7.25 — 8.00 «Жьырытэдж» (адыгэбзэкIэ). 10.15 — 10.30 Къамбий Джэфар. «Дыгъужь шырымрэ щынэмрэ». таурыхъ (адыгэбзэкIэ). 13.25 — 13.45 «Ууаз». Диным теухуа нэтын (балъкъэрыбзэкIэ). 13.45 -14.00 «Джэдгъэф Маринэ и гъусэу инджылызыбзэр зыдогъащIэ». Щэбэт, мэкъуауэгъуэм и 29 10.10 -11.00 «Кавказым и пшэплъхэр». Радиожурнал. 12.10 — 12.25 «КъБР: махуэр махуэм кIэлъыкIуэу». ХъыбарыщIэхэр (адыгэбзэкIэ). 12.25 — 12.40 «КъБР: махуэр махуэм кIэлъыкIуэу». ХъыбарыщIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ). 12.40 — 13.00 Кучуков Магомет. «Гумызагъэ» радиопостановкэр (балъкъэрыбзэкIэ). Тхьэмахуэ, мэкъуауэгъуэм и 30 10.10 — 10.25 «КъБР: махуэр махуэм кIэлъыкIуэу». ХъыбарыщIэхэр 10.25 — 11.00 Акаев Т. «Щыхьхэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.10 — 13.00 Айтматов Чингиз. «Джамиля» (адыгэбзэкIэ). КъБР-м и радио Блыщхьэ, мэкъуауэгъуэм и 24 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 13.00, 14.00, 15.00, 16.00, 17.00, 18.00 7.15/13.05 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 7.45/14.50 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.20/16.32 «ЩIэныгъэм и дунейм — зыплъыхьакIуэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.40/14.35 «Лэгъупыкъу». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ). 9.00/18.05 «Ди псэлъэгъухэр» (урысыбзэкIэ). 9.25/18.30 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ). 10.05 «Утыку» (адыгэбзэкIэ). 10.25/16.05 «Макъамэ яхъумахэр» (адыгэбзэкIэ). 11.05/17.05 «Зэныбжьэгъухэм я гушыIэкIэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.25/17.25 «Уэрэдыр тыгъэ фхузощI» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.48/17.48 «Гюрен». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 12.05/15.35 «ПсэукIэ» (урысыбзэкIэ). 12.25/15.05 «КъехьэкI-нехьэкI зыхэмылъ псалъэмакъ» (урысыбзэкIэ). 14.05-14.35 «Дыхьэшхэным и хъуреягъкIэ» (адыгэбзэкIэ). Гъубж, мэкъуауэгъуэм и 25 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 13.00, 14.00, 15.00, 16.00, 17.00, 18.00 7.15/13.05 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 7.45/14.45 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.20/16.30 «Ди хъугъуэфIыгъуэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «Зэманыр, къэхъукъащIэхэр, Iуэху еплъыкIэхэр» (урысыбзэкIэ). 9.20/18.25 «Дэрэжэгъуэ» (урысыбзэкIэ). 10.05 «Адыгэхэр: тхыдэр, гъэсэныгъэр» (адыгэбзэкIэ). 10.50/15.50 «Зэхэфха? Флъэгъуа?» (адыгэбзэкIэ). 11.05/17.30 Балъкъэр цIыхубэ уэрэдхэр (балъкъэрыбзэкIэ). 11.30/17.05 «Ди гъэмахуэ зыгъэпсэхупIэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.05/15.30 Классикэ макъамэм и концерт (урысыбзэкIэ). 12.25/15.05 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ). 12.45/14.30 «Зи чэзу Iуэхум теухуауэ» (адыгэбзэкIэ). 14.05/16.05 «Макъамэ калейдоскоп» (адыгэбзэкIэ). Бэрэжьей, мэкъуауэгъуэм и 26 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 13.00, 14.00, 15.00, 16.00, 17.00, 18.00 7.15/13.05 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 7.45/14.50 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.20/17.05 «Къонгуроучукъ». Сабийхэм папщIэ (балъкъэрыбзэкIэ). 8.45/16.50 «Гюрен». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «Зи чэзу Iуэхум теухуауэ» (урысыбзэкIэ). 9.25/18.25 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ). 10.05/16.05 «Панорама» (адыгэбзэкIэ). 10.25/16.20 Гухэлъ уэрэдхэм я концерт (адыгэбзэкIэ). 11.05-11.22 «Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ). 11.30/17.30 «Сэлам алейкум» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.05/15.05 «Гъуазджэм и щIыналъэ» (урысыбзэкIэ). 12.40/15.40 «Гукъыдэж» (урысыбзэкIэ). 14.05-14.50 «Уэрэдыр и Iэпэгъуу» (адыгэбзэкIэ). Махуэку, мэкъуауэгъуэм и 27 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 13.00, 14.00, 15.00, 16.00, 17.00, 18.00 7.15/13.05 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 7.45/18.43 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.20/17.05 «Дэ къытхуэнар» (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «КIэщIу — нэхъыщхьэм теухуауэ» (урысыбзэкIэ). 9.20/15.25 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ). 9.30/15.45 «Псэм и налъэхэр» (урысыбзэкIэ). 9.42/15.35 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 10.05/16.05 «Динымрэ гъащIэмрэ» (адыгэбзэкIэ). 10.20/16.20 «ЦIыхубэ уэрэдхэр» (адыгэбзэкIэ). 10.45/16.45 «ДунейгъафIэ». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ). 11.05/14.05 «Псори дяпэкIэщ». Урысейм и щIалэгъуалэм я махуэм ирихьэлIэу (балъкъэрыбзэкIэ). 11.30/17.35 «Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ). 12.05/15.05 «Макъамэм и толъкъунхэм» (урысыбзэкIэ). 12.30/18.20 «ПсэукIэ» (урысыбзэкIэ). 14.30-15.00 «Пшыналъэ». Нэгузегъэужь нэтын (адыгэбзэкIэ). Мэрем, мэкъуауэгъуэм и 28 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 13.00, 14.00, 15.00, 16.00, 17.00, 18.00 7.15/13.05 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 7.45/18.39 «Щэнхабзэм теухуауэ» (адыгэбзэкIэ) 8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.20/14.05 «Уэсылъэ къуршхэм я макъамэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «Ди гъащIэм мыхьэнэшхуэ щызиIэ» (урысыбзэкIэ). 9.25/15.35 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ). 10.05 «Эфирыр псоми папщIэ» (адыгэбзэкIэ). 10.25 «ФIыуэ тлъагъу макъамэхэр» (адыгэбзэкIэ). 10.45/16.05 «Таурхъан». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ). 11.05/13.50 «Гуапагъэмрэ уахътыншагъэмрэ ятеухуауэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.20/17.05 «Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ). 11.45/17.45 «Гюрен». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 12.05/15.05 «Гъуазджэм и щIыналъэ» (урысыбзэкIэ). 12.35/18.20 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ). 12.44/18.29 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 14.30/16.25 «Ди гъусэу зывгъэпсэху» (адыгэбзэкIэ). Щэбэт, мэкъуауэгъуэм и 29 7.00/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 7.38/13.38 «ЛIэщIыгъуэхэм зэIэпахыу» (адыгэбзэкIэ). 8.00/15.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/15.25 «Бжьамий телъыджэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.00 «Я гулъытэ нэхъыщхьэр зыхуэгъэзар» (урысыбзэкIэ). 9.25/18.25 «Макъамэм и толъкъунхэм» (урысыбзэкIэ). 9.45/18.45 «Усыгъэм и сатыр мыкIуэдыжхэр» (урысыбзэкIэ). 10.00-10.30 «Дэрэжэгъуэ». Нэгузегъэужь нэтын (адыгэбзэкIэ). 10.50/14.50 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 11.00/16.00 «Зэныбжьэгъухэм я гушыIэкIэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.21/16.21 «Топалайчыкъ». Сабийхэм папщIэ (балъкъэрыбзэкIэ). 11.30/16.30 «Iуащхьэмахуэ и щыгум щыIу уэрэдхэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.00/17.00 «Гукъыдэж» (урысыбзэкIэ). 12.44/17.44 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 14.00-14.50 «Радиотеатр» (адыгэбзэкIэ). Тхьэмахуэ, мэкъуауэгъуэм и 30 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 8.00, 10.00, 12.00, 14.00, 15.00, 17.00 7.00/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 7.40/14.40 «Лъэпкъ прозэм и напэкIуэцIхэр» (адыгэбзэкIэ). 8.10/15.10 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.40/15.40 «Гюрен». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.00 «Зи чэзу Iуэхум теухуауэ» (урысыбзэкIэ). 9.35/18.35 «Дыщыпсэу дунейр» (урысыбзэкIэ). 9.45/18.45 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 10.10/14.10 «Макъамэ» (адыгэбзэкIэ). 10.40/10.58 «Зыгъэпсэхугъуэ, зыгъэпсэхугъуэ…» (адыгэбзэкIэ). 11.00/16.00 «Ди хъугъуэфIыгъуэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.10/17.10 «Театрыр микрофоным Iутщ» (урысыбзэкIэ). 13.35/14.00 «Зэи ямыужэгъу уэрэдхэр» (адыгэбзэкIэ).
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28809.txt" }
Нобэ IэмалыншагъэкIэ зи псэупIэр зыхъуэжын хуей хъуахэм я дунейпсо махуэщ Урысей дзэ-тенджыз флотым щагъэлъапIэ лагъым-торпедэ къулыкъум и IэщIагъэлIым и махуэр Илъэс тхущIкIэ узэIэбэкIыжмэ (1963), СССР-мрэ США-мрэ Женевэ Iэ щытрадзауэ щытащ Москварэ Вашингтонрэ телефонкIэ зэпыщIауэ щытыным теухуа зэгурыIуэныгъэм. Мэкъуауэгъуэм и 20 — 22-хэм зэхэтынущ ХVII Петербург дунейпсо экономикэ зэхуэсышхуэр. Мэкъуауэгъуэм и 20 — 29-хэм Москва щекIуэкIынущ 35-нэ дунейпсо кинофестивалыр. 1957 гъэм Москва Союзхэм я Унэм и Колоннэ залышхуэм къыщызэIуахащ Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м гъуазджэмрэ литературэмкIэ и гъэлъэгъуэныгъэр. Шэрджэс тхакIуэ Кхъуэхъу Цуцэ къызэралъхурэ илъэс 93-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, уэшх тIэкIу къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 19 — 21-рэ, жэщым градус 14 — 16 щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28814.txt" }
ХьэрычэтыщIэхэр даIыгъ Къэрэшей-Шэрджэс. Республикэм и ЦIыхубэ Зэхуэсым и депутатхэм къащта законым зэрыщыубзыхуамкIэ, хьэрычэтыщIэхэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ уполномоченнэм щIыналъэм лэжьэн щыщIидзэнущ. А къулыкъур зезыхьэнур Къэрэшей-Шэрджэсым и Iэтащхьэм илъэситху пIалъэм тещIыхьауэ къыхех. Мелуани 6,5-рэ Адыгей. Республикэм и властхэм илъэсищым тещIыхьа «ЩIэблэ нэхъыжь» программэм тету, зи ныбжь хэкIуэтахэм хузэфIах социальнэ Iуэхутхьэбзэхэм 2014 — 2016 гъэхэм зрагъэубгъуну я мурадщ. Программэм къыщыгъэлъэгъуащ зи ныбжь хэкIуэтахэм я гъащIэр тэмэму зыубзыху, я зэманыр нэгузыжьу, щIэщыгъуэу ягъэкIуэным хуэщIа социальнэ Iуэхутхьэбзэхэр. Абы ипкъ иткIэ апхуэдэ цIыхухэм Iуэхутхьэбзэхэр яхуэзыщIэну гупхэм папщIэ автотранспорт къащэхунущ, зи ныбжь хэкIуэтахэм ядэIэпыкъуну волонтер бригадэхэр къызэрагъэпэщынущ. А Iуэхугъуэхэм илъэсищым къриубыдэу республикэ бюджетым сом мелуани 6,5-рэ яхухихынущ. программэм къыщыгъэлъэгъуа Iуэхугъуэхэр зэфIэхыным илъэс къэс сом мелуани 2-м щIигъу хуиутIыпщынущ. УЭРДОКЪУЭ Женя.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28816.txt" }
Гузэвэгъуэ хэхуа ди лъэпкъэгъухэм дадэвгъэIэпыкъу! Сирие Хьэрып Республикэм щекIуэкI зауэм и зэран зэкIа ди лъэпкъэгъухэм защIэгъэкъуэн мурадкIэ, Урысей Сбербанкым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэ №8631-м счет хэха къыщызэIуахащ. Ди къуэш- шыпхъухэм ядэIэпыкъуну хуей дэтхэнэми мы счетым ахъшэ хилъхьэ хъунущ: ИНН 0711040610 / КПП 072101001 Расчетный счет 40703810060330000227 БИК 040702660 Корсчет 30101810600000000660 Кабардино-Балкарское ОСБ №863I, г. Нальчик, ул. Пушкина/Кешокова, 33а/72 Адыгэ псори фыкъыхудоджэ: IуэхуфI влэжьыным фепIэщIэкI! Фи дэтхэнэ сомри иджыпсту дэхуэха ди лъэпкъэгъухэм сэбэп зэрахуэхъунум шэч къытевмыхьэ. Абыхэм дазэрыкъуэувэным, зэрызащIэдгъэкъуэным Iэмалу щыIэр къыхуэдвгъэгъэсэбэп! Ди нэхъыжьыфIхэм купщIэшхуэ халъхьащ «Узэкъуэтмэ - улъэщщ!» псалъэхэм.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28818.txt" }
Сыжажэ Хьэсэн и блогыр нэхъыфIхэм хабжэ Бахъсэн районым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Сыжажэ Хьэсэн и блогыр, «Адыгэхэр» фондым и интернет-порталым къызэрилъытамкIэ, «шэрджэс блогосферэм щынэхъ гъэщIэгъуэну 10-м» ящыщщ. Районым и Iэтащхьэр интернетым щытопсэлъыхь муниципалитетым и ехъулIэныгъэхэм, абы и цIыху пашэхэм. Сыжажэ Хьэсэн и иужьрей тхыгъэр триухуащ Урысейм и махуэр Бахъсэн районым зэрыщагъэлъэпIам икIи а гуфIэгъуэр зэрекIуэкIар къэзыгъэлъагъуэ сурэтхэр интернетым ирилъхьащ. Районым и Iэтащхьэм и мурадщ езым и блогыр дяпэкIи жыджэру къигъэсэбэпыну, куейм щIэуэ къыщыхъухэр къигъэлъэгъуэну. Алокъуэ Аринэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28820.txt" }
Къанокъуэ Арсен Парламентым игъэхьащ КъБР-м и Конституцэм хэлъхьэпхъэу къилъытэ зэхъуэкIыныгъэхэр КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен республикэм и Парламентым игъэхьащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Конституцэм халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэм я IуэхукIэ», «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым зэхъуэкIыныгъэхэмрэ дэщIыгъужыныгъэхэмрэ хэлъхьэным и IуэхукIэ» республикэ законхэм я проектхэу мы зэманым депутатхэр зэлэжьхэм хэлъхьэн хуейуэ къилъытэ зэгъэзэхуэжыныгъэхэр. Абыхэм ящыщ зым ипкъ иткIэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIыр и къулыкъум щыIукIым и деж зэрыщыту Правительствэр трагъэкIыркъым. Иджыпсту зекIуэ мардэмкIэ премьер-министрыр щытекIым и деж Правительствэм хэт псори я къулыкъухэм трагъэкI. Апхуэдэ зэхъуэкIыныгъэ къыщIыхилъхьам и гугъу щищIым, Къанокъуэ Арсен къыхигъэщхьэхукIащ Правительствэм щрагъэкIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэр къэрал властым и гъэзэщIакIуэ орган нэхъыщхьэм и лэжьэкIэм, Правительствэм хэтхэм я къалэнхэр зэрагъэзащIэм зэран хуэхъун зэрыхуэмейр. «Дэ ди къалэнщ Правительствэр зэпIэзэрыту икIи зэблэу къыхэмыкIыу лэжьэныр къызэдгъэпэщыну. Абы къыхэкIыу зэуэ IуэхуитIым — Правительствэр зэпIэзэрыту лэжьэныр къызэгъэпэщыным, мыдрейуэ, езым и унафэм щIэт IэнатIэм и лэжьыгъэр зэрекIуэкIым хуэгъэзауэ дэтхэнэ зы министрми иIэ мыхьэнэмрэ абы ихь жэуаплыныгъэмрэ къэIэтыным дыхущIокъу», — къыхигъэщхьэхукIащ КъБР-м и Iэтащхьэм. Иджыпсту апхуэдэ хабзэхэр Урысей Федерацэм и субъектхэм я нэхъыбапIэм къыщагъэсэбэп икIи абыхэм лэжьыгъэр ирагъэфIакIуэу къалъытэ. КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28824.txt" }
Хъыбар кIэщIхэр ЦIыкIухэм я IутIыжщ Сабийхэм я гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэр зыхуей хуэзэу къыщызэрагъэпэщащ Лэскэн районым. «Кавказым и пшэплъ» (Ташлы-Тала), «Псынэ» (Арщыдан) гъэмахуэ лагерхэм сабий 1000-м щIигъум зыщагъэпсэхунущ. Иджыпсту абыхэм щыIэ япэ гупхэм я дэтхэнэ зы махуэри нэгузыужьу зэрырагъэкIуэкIыным гъэсакIуэхэр хущIокъу. Гъэмахуэ мазищым къриубыдэу лагерхэр зэрылэжьэну программэхэр цIыкIухэм тэмэму зэрызагъэпсэхун хуей мардэхэм сыткIи тещIыхьауэ зэхалъхьащ. Абыхэм япкъ иткIэ, сабийхэм я зэхэщIыкIым зезыгъэужь джэгукIэ гъэщIэгъуэнхэр, узыншагъэр езыгъэфIакIуэ спорт зэхьэзэхуэхэр драгъэкIуэкI. Псом хуэмыдэу цIыкIухэр яфIэфIу дунеяплъэ макIуэ. Зи гугъу тщIы гъэмахуэ лагерхэр Лэскэн районым и мэзылъэ щIыпIэ нэхъ дахэ дыдэхэм хэтщ, псы Iэрышэхэр йожэх. Мы гъэм «Кавказым и пшэплъ», «Псынэ» лагерхэм зыщагъэпсэхунущ бынунагъуэшхуэхэмрэ хуэмыщIауэ псэу унагъуэхэмрэ къахэкIа сабий куэдым. «ЗэфIэкI зиIэхэм я вагъуэбэ» «ЗэфIэкI зиIэхэм я вагъуэбэ» фIэщыгъэм щIэту Тэрч районым щекIуэкIащ егъэджакIуэ хорхэм я фестиваль. Курыт еджапIэ 15-м щыщу абы цIыху 225-м я зэфIэкI щагъэлъэгъуащ. Тэрч район администрацэм и Iэтащхьэ Пэнагуэ Максим бжьыпэр зыубыдхэм ахъшэ саугъэту яхуигъэува сом мин 40-м иджыри хигъэхъуэжащ. Лъэпкъ уэрэдхэмрэ пшыналъэхэмрэ псоми яфIэкIыу зыгъэзэщIа Новэ-Хьэмидей курыт школым и егъэджакIуэхэм Гран-прир къахьащ. Фестивалым и унэтIыныгъэ щхьэхуэхэмкIэ къахэжаныкIахэми саугъэтхэр иратащ. Хор гупхэм яхэтакъым, щIыналъэ администрацэм зи цIэ фIыкIэ иримыIуа. МазитI лэжьыгъэм кърикIуахэр Дзэлыкъуэ районым щыхэплъэжащ ди республикэм и жылагъуэхэр зэщIэгъэкъэбзэным, щхъуантIагъэхэр хэсэным теухуа мазитI лэжьыгъэм кърикIуахэм. Къуажэхэм къыщрахьэлIа лэжьыгъэхэр къапщытащ къабзагъэм, хабзэм къемызэгъыу къэунэхуа пхъэнкIий идзыпIэхэм, кхъэхэмрэ абыхэм екIуалIэ гъуэгухэм я щытыкIэхэм я лъэныкъуэхэмкIэ. А унэтIыныгъэхэмкIэ щхьэж къилэжьа баллхэри хуагъэувыжащ. Ахэр къагъэсэбэпыжынущ жылагъуэ нэхъ къабзэ дыдэхэр къыщыхахкIэ. МазитI лэжьыгъэм кърикIуа IуэхуфIхэр нэрылъагъущ. Абыхэм я фIыгъэкIэ уэрамхэр жэщым къэгъэнэхунымкIэ щыIа зэхуэмыхъуныгъэхэр ягъэзэкIуэжащ, кIэрыхубжьэрыхухэр дэзыш IэнатIэхэр къызэрагъэпэщащ. Лъостэн Музэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28829.txt" }
Iэпщэрыбанэ зэхэт Дзэмыхь Наурыз и дыжьын медалыр Кисловодск щекIуэкIащ Iэпщэрыбанэ зэхэтымкIэ Урысейм и МВД-м и къэралкIуэцIыдзэхэм я чемпионат. Абы КъБР-м икIа Дзэмыхь Наурыз етIуанэ увыпIэр къыщихьащ. IэпщэрыбанэмкIэ Урысейм спортымкIэ и мастер ди щIалэм бэнэгъуиплIыр ехъулIэныгъэ иIэу къызэринэкIами, кIэух зэпеуэм хьэрхуэрэгъу къыщыхуэхъуа Межидов Абдул-Хаким хухэгъэщIэжакъым. Дзэмыхьыр и гъэсэнщ тренер Дыджэ Алим. Спортсменхэр я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта зэIущIи 8-р олимп мардэм иту ирагъэкIуэкIащ. Чемпионатым и дамыгъэхэм щIэбэнащ Урысейм и МВД-м и къэралкIуэцIыдзэм и щIыналъэ IэнатIэхэм, дзэ еджапIэхэм я лIыкIуэхэр зыхэт командэ 12. «Спортсмени 100-м нэблагъэ къызэхуэзышэса чемпионатым кърихьэлIащ дуней псом, Европэм и чемпионхэр, дунейпсо класс зиIэ спортым и мастерхэр. Абы къегъэлъагъуэ зэхьэзэхуэм ухэтыныр пщIэ лъагэу зэрыщытыр»,- къыхигъэщащ Урысейм и МВД-м и къэралкIуэцIыдзэхэм я спорт клуб нэхъыщхьэм и унафэщI, полковник Малофеев Владимир. Универсиадэ Къэзан кIуэну загъэхьэзыр Бадзэуэгъуэм и 6-17-хэм Къэзан къалэм (Тэтэрстаным) XXVII Дунейпсо Гъэмахуэ Универсиадэ-2013 щекIуэкIынущ. Спорт лIэужьыгъуэ 27-мкIэ къэрали 170-м я лIыкIуэхэр щIэбэнынущ медаль 350-м щIигъум. Бадзэуэгъуэм и 6-м спорт зэхьэзэхуэшхуэр къызэрызэIуахыну гуфIэгъуэ зэIущIэм КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен ирагъэблэгъащ. Абы кIуэнущ ди республикэм спортымрэ туризмэмкIэ и министр АфIэунэ Аслъэни. Зэхьэзэхуэр бадзэуэгъуэм и 17-м зэхуащIыжынущ. Абы ирихьэлIэнущ КъБР-м и Парламентым и тхьэмадэ Чеченов Ануаррэ Правительствэм и УнафэщI Хьэсанэ Русланрэ. Урысейм и командэ къыхэхам хэту ди спортсменитIым Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр зэхьэзэхуэхэм щахъумэнущ. УФ-м щIыхь зиIэ и тренер Емкъуж Мухьэмэд и гъэсэн Хьэбэчыр Мурат бадзэуэгъуэм и 7-11-хэм килограмм 81-рэ зи хьэлъагъхэм я деж дзюдомкIэ щыбэнэнущ. Дунейпсо класс зиIэ спортым и мастер Кучинэ Марие атлетикэ псынщIэмкIэ зэпеуэм хэтынущ. Дзюдо Дыщи жэзи «Эльбрусоид» спорт клубым и саугъэтхэм щыщIэбэна дзюдомкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ Черкесск щекIуэкIащ. Абы хэтащ 1996 — 1998 гъэхэм къалъхуа ныбжьыщIэхэр. Зэхьэзэхуэм и мурад нэхъыщхьэу щытащ дзюдом зегъэужьыныр, цIыхухэр узыншагъэр хъумэным къыхуеджэныр, спортсменхэм я зэфIэкIым хэгъэхъуэныр, Урысейм и щIыналъэхэмрэ къалэхэмрэ яку дэлъ спорт зэпыщIэныгъэхэр егъэфIэкIуэныр. Турнирым хэтащ Къэрэшей-Шэрджэс, Къэбэрдей-Балъкъэр, Ингуш, Осетие Ищхъэрэ-Алание республикэхэм, Ставрополь, Краснодар крайхэм, Москва, Тюмень къалэхэм щыщ спортсмен 67-рэ. Ди республикэм и щIыхьыр яхъумащ дзюдоист 12-м. Абыхэм медаль зэмылIэужьыгъуэу 4 къахьащ. ЦIыхухъухэм я деж щытекIуащ ГъущIапщэ Самиррэ УнэшхуэлI Аслъэнрэ. Занкишиев Къазбэч ещанэ хъуащ. НыбжьыщIэхэм я зэпеуэм жэз медалыр къыщихьащ БакIуу Ратмир. ТекIуахэм медалхэмрэ ахъшэ саугъэтхэмрэ иратащ. Зэхьэзэхуэм и судья нэхъыщхьэу щытащ Урысейм дзюдомкIэ и федерацэм и судья коллегием хэт, урысейпсо категорие зиIэ Емкъуж Мухьэмэд. Каратэ Дунейпсо чемпионатыр къапоплъэ Каратэ киокусинкаимкIэ Москва щекIуэкIа урысейпсо зэпеуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэхэм зэфIэкI лъагэ къыщагъэлъэгъуащ: дыщэ медалу тIу, жэзуи апхуэдиз къахьащ. Абы щытекIуахэр KWU дунейпсо чемпионатым хэтынущ. Зэхьэзэхуэм чемпион щыхъуащ Ахматов Артур и гъэсэнхэу Тилов Артуррэ Биткаш Емельянрэ. Беслъэней Астемыррэ Перельман Михаилрэ жэз медалхэр къахьащ. Гъэунэ Светланэ, КъБР-м Спортымрэ туризмэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ. Бокс Прохладнэдэсхэм я ехъулIэныгъэ Май къалэм махуитIкIэ щекIуэкIащ боксымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Осетие Ищхъэрэ-Аланиемрэ я спортсмен 200-м нэблагъэ зыхэта, Кавказ Ищхъэрэм и къалэхэм я турнир. ГуащIэу екIуэкIа зэхьэзэхуэм Прохладнэ муниципальнэ щIыналъэм и «Колос» сабий-ныбжьыщIэ спорт школым и гъэсэнхэм ехъулIэныгъэ лъагэхэр щызыIэрагъэхьащ. Я хьэлъагъ елъытауэ, зыхэта зыхьэзэхуэхэм текIуэныгъэ къыщахьащ Къалмыкъ Амир, КIуэкIуэ Артур, Къардэн Тимур, СантIыкъ Ислъам, КIэш Нурмухьэмэд, СантIыкъ Алик, Нафонов Роман сымэ. Тэмазэ Арменрэ Пщымырзэ Зауррэ етIуанэ хъуащ. «Шэч къытесхьэркъым ерыщу зызыгъасэ ди спортсмен ныбжьыщIэхэм спорт гъащIэм ехъулIэныгъэ куэд къазэрыщыпэплъэм,- жиIащ абыхэм я тренер-егъэджакIуэ, спортымкIэ мастер Тэмазэ Анзор. — Къыхэзгъэщыну сыхуейщ илъэсибгъу ныбжь зиIэ, илъэсрэ ныкъуэкIэ фIэкIа боксым зыхуэзымыгъэса КIуэкIуэ Артур текIуэныгъэ куэд зыIэригъэхьэфу командэм рекордсмен щыхъуну зэрыхущIыхьар. Зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэхэм абы къыщыхуагъэфэщащ щIыхь тхылърэ медалу 13, абыхэм ящыщу 12-р дыщэщ». Глашковэ Еленэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28831.txt" }
ХьэтIохъущокъуэм и хадэм щыблэнущ КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм и жэрдэмкIэ мэкъуауэгъуэм и 22-м Налшык ХьэтIохъущокъуэм и хадэм щекIуэкIынущ фэеплъ пэкIу. Ар хуэгъэпсащ Хэку зауэшхуэр зэрыщIидзэрэ илъэс 72-рэ щрикъум. Паркым ит «ЩIыхьым и мафIэ мыужьыхым» деж пщэдджыжьым сыхьэти 4-м щызэ-хуэсынущ щIалэгъуалэ гупышхуэ. Абыхэм абдеж щыпагъэнэнущ Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъ шэху уэздыгъэхэр. ПэкIум кърагъэблэгъэнущ зауэм и ветеранхэр, абы хэтынущ жылагъуэ, щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэм, политикэ партхэм я лIыкIуэхэр. А махуэ гуауэр зи нэгу щIэкIахэм ягу къагъэкIыжынущ гузэвэгъуэр къазэрытепсыхауэ щытар, абы я гум щигъэщIа гурыгъузхэр. Фэеплъ зэхуэсым къыдогъэблагъэ абы хэтыну гукъыдэж зиIэ псори. НЫБЭЖЬ Таисэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28833.txt" }
Дызэрыпсалъэр адыгэбзэу пIэрэ? Бзэм и псэр хэкIын щыщIидзэр Анэдэлъхубзэм и дунейпсо махуэм ипкъ иткIэ, мазаем и 21-м «Адыгэ псалъэм» къытеддза тхыгъэм къыщыдгъэлъэгъуат «бзэм кIуэдын зэрыщIидзэр». Ауэ ар дэтхэнэ зы къэралыгъуэм дежи нэхъ убгъуауэ къыщыпщтэмэщ апхуэдэу щаубзыхур. Дигу къэдгъэкIыжынщ анэдэлъхубзэм кIуэдын зэрыщIидзэ щIыкIэр. Япэр сабий IыгъыпIэхэм, пэщIэдзэ еджапIэхэм анэдэлъхубзэр ирикъуу щрамыгъащIэмэщ. ЕтIуанэр уэрамхэм, лэжьапIэхэм ирикъуу щызэрамыхьэжмэщ. Ещанэр анэдэлъхубзэр унагъуэм къыщамыгъэсэбэпыж, щызэрамыгъэщIэжыф щыхъуращ. Абыхэм еплIанэу, япэ дыдэ итыпхъэу иджыри зы Iуэхугъуэ хэгъэхьэжамэ хъунут. Ари «бдзэжьейр и щхьэмкIэ фын щыщIедзэ» зэрыжаIауэ къэралыгъуэм и Iэтащхьэм, къулыкъущIэ, еджагъэшхуэ, адэ-анэхэм я анэдэлъхубзэр къафIэмыIуэхужмэщ. Лъэпкъым и цIыху пажэхэм лэжьыгъэ щрагъэкIуэкIкIэ я анэдэлъхубзэр къамыгъэсэбэпмэ, абыкIэ езыхэр щIэблэщIэм щапхъэфI яхуэмыхъумэ, цIыху къызэрыгуэкIыр сытым иригъуэзэну, хэт игъэгушхуэну? Иджыпсту зи гугъу тщIыну дызыхуейр, анэдэлъхубзэр зейуэ, сэр нэхъыфIу адыгэбзэр зыщIэ щыIэкъым жызыIэхэм, апхуэдэу къызыфIэщIыж куэдым ямыщIэххэу ар зэраIэщIэхуращ. ЦIыхубэм япэ дыдэ яфIэкIуэдыр мазэцIэхэрщ Анэдэлъхубзэр лъэпкъым IэщIэхун зэрыщIидзэр япэ дыдэ къызэрыпщIэр мазэцIэхэр зэрамыхьэж щыхъуращ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, бзэм япэ дыдэ хэкIуэдыкIыр ахэращ. МазэцIэхэр зи бзэкIэ зиIэ лъэпкъ куэд щыIэкъым, дэ, адыгэхэр, а мащIэм дащыщщ. АрщхьэкIэ византий, урымхэм фIаща мазэцIэхэр дэри къыттокIуэри, дыдейхэр тIэщIохур. Абы щыгъуэми, мазэцIэ закъуэр хамэбзэм щыщу къащтэми, бзэр щоIэф. АдэкIэ махуэцIэхэр яIэщIокI «Адыгэбзэ чистэкIэ» жыпIэмэ, «понедельникым на работэ дыкIуэнщи, воскресеньем отдыхать тщIынщ», — къапсэлъыну щыщIадзэращ махуэцIэхэм кIуэдын щрагъажьэр. УмыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым апхуэдэу щIыжаIэр. Нэрылъагъукъэ блыщхьэ, гъубж, бэрэжьей, махуэку, мэрем, щэбэт, тхьэмахуэ къыупсэлъыну зэрынэхътыншыр урысыбзэкIэ нэхърэ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, абы къегъэлъагъуэр анэдэлъхубзэр зэрытIэщIэхурщ. Ауэ абыкIи дигу дгъэкIуэд хъунукъым, сыту жыпIэмэ, махуэцIэ тIэкIуми и закъуэ бзэм ягъэшхуэ иригъэкIыфынукъым, адрейхэр ямыгъусэмэ. Нэхъ Iеижыр бжыгъэцIэхэр щыпIэщIэхуращ Бзэм нэхъ зи ягъэ езыгъэкIыр бжыгъэцIэхэр щыпIэщIэхуращ гъащIэм нэхъ куууэ, нэхъ хэпщауэ хэлъщи, ахэр куэд дыдэрэ къыдогъэсэбэпри. КъищынэмыщIауэ, бжыгъэцIэхэр гъащIэм хобэгъухь. НэгъуэщIу жыпIэмэ, ахэр зэрыхъур пщыкIутIкъым (мазэцIэхэм хуэдэу) е блыкъым (махуэцIэхэм ещхьу), атIэ мелардхэм нос. Абы къыхэкIкIэ, бжыгъэцIэ зимыIэж бзэр дамэ зимыIэж бзу мэхъу. Аращи, анэдэлъхубзэм бжыгъэцIэхэмкIэ кIуэдын щIедзэ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, мымащIэу дыхуозэ дахэкIейуэ адыгэбзэкIэ псэлъэф, ауэ бжыгъэцIэр зымыщIэ. Шэч хэлъкъым, мащIэу хуэсакъхэмэ, абыхэм ари дахэ дыдэу, тыншу зэрыжаIэфынур. Абы щыгъуэми, бжыгъэцIэхэр тIэщIэхумэ, абы бзэм мыкIыжын уIэгъэшхуэ къытридзэнущ. Пэжщ, тIощIым тещIыхьа пасэрей адыгэбзэ бжэкIэр гугъут — ар иджыпсту къекIужыркъым. Сыту жыпIэмэ, нобэрей гъащIэр псынщIэу йокIуэкI. Абы и хуабжьагъым зыдумыгъэкIумэ, укъыкIэрыхунущ е уи бжэкIэри бжыгъэцIэхэри пIэщIигъэхупэнущ. Девгъэгупсысыт зэ, псалъэм папщIэ, зыгуэрым телефонкIэ уопсалъэри, 798 76 54 номерыр ибогъэтх. Пасэрей адыгэ бжэкIэмкIэ зэрыжыпIэну щытар: Щиблрэ тIощIиплIрэ пщыкIуийрэ тIощIищрэ пщыкIухрэ, тIощIитIрэ пщыкIуплIрэ. А телефон номерыр зыжепIэм ар гурыIуэгъуэу итхыфын папщIэ езыр-езыру хьисэп куэд ищIын хуей мэхъу. АбыкIэ мыщIагъуэу щытмэ, итхыфынукъым. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, адыгей жыIэкIэм иджыри абыкIэ зиужьакъым. Абы къыхэкIкIэ, бжыгъэцIэхэр абыхэм нэхъ щIэхыу яIэщIэхуащ. Ауэ къэбэрдейхэм адыгэ бжэкIэр, бжыгъэцIэхэр щIызэрамыхьэн, щIызыщагъэгъупщэн щхьэусыгъуэ щыIэххэкъым. Иджырей къэбэрдей бжэкIэмкIэ ар зэрыжыпIэнур: щиблрэ бгъущIрэ ирэ, блыщIрэ хы, тхущIрэ плIы. Ар урыс бжэкIэми ефIэкIыу си гугъэщ. Маржэ, дыхуэвгъэсакъ адыгэ бжыгъэцIэхэр зэдгъэщIэным, ахэр гъащIэм нэхъ ерыщу щызетхьэным. бзэр кIуэдын зэрыщIидзапэр абыкIэщ. Анэдэлъхубзэр Iумпэм пщIын дэнэ къэна, абы зы тIэкIукIи ухуэбэлэрыгъ хъунукъым. Хьэлъэ псори зым тедгъащIэмэ Бзэм и Iуэхур егъэзыхыгъуэ зэрыхъуар IупщIу уэзыгъащIэщ глагол (хъурыщIэ) псоми я пщэрылъыр «щIын-щIэн» закъуэм и пщэм зэрыдэхуар. Щапхъэ къэтхьынти: «фчира ранэу си другым звонить хуэсщIынути, и номер телефоныр забывать сщIау къыщIэкIащ. Тетраду сиIэр исследовать сщIыри, и номер телефоныр къэзгъуэтащ. Звонить хуэсщIа щхьэкIэ отвечать ищIакъым. Си гугъэмкIэ, е слышать ищIакъым е и телефоныр унэм забывать щищIащ. Си номерыр къилъагъуми, перезвонить къысхуищIыжынщ жысIэри ждать сщIащ. Ауэ ар ждать сщIыу сыщытынут? Сеуэри, на работэ сыкIуащ. Обработать сщIын хуейуэ работэ куэд сиIэти…» ЦIыхухэр мыпхуэдэу псалъэрэ ар адыгэбзэ къафIэщIыжу щытмэ, мис абы щыгъуэ ди Iуэхур Iей дыдэ хъуауэ ди унагъуэбжэр зэхуэтщIыжыным дынэсауэ аращ. Маржэ, дызэвгъэплъыжыт, дэтхэнэ зыри дызэрыпсалъэр адыгэбзэу пIэрэ, хьэмэрэ апхуэдэу къытфIэщIу ара? Хъуажь Фахъри.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28835.txt" }
Хэт сымэ ядежьур? Ди нэгу щIэкIащ блэкIа лIэщIыгъуэм и кIэухым Кавказ Ищхъэрэм къыщыхъуахэр икIи игъащIэкIэ тщыгъупщэнукъым. Къамыгъэзэжыну ахэр тхыдэм хыхьащ. АрщхьэкIэ, ди жагъуэ зэ-рыхъущи, апхуэдэу емыгупсысхэри щыIэщ. Телъыджэращи, иджыри къэс Интернетым ущрохьэлIэ Ичкерие Шэшэн Республикэм къыбгъэдэкI хъыбархэм. Инджылызыр хэщIапIэ зыщIа сепаратист «къэмыланджэхэр» иджыри яIыгъщ Шэшэныр щхьэхуэ ящIыным теухуа мурад делагъэхэм. Пэжщ, абыхэм я гугъэ нэпцIхэм жылагъуэр куэд щIауэ едэIуэжыркъым. Дунейм зы щIыналъи щыIэу къыщIэкIынукъым Урысей Федерацэр зэрыкъэралу зэрыщытым шэч къытрихьэу. Абы къыхэкIыу щтапIэ ихьэжа сепаратистхэм ягъэIур яфIэауанщ. Ичкерие Шэшэн Республикэм и Парламентым и УнафэщIу зыкъэзылъытэж Сараляпов Жолоуди Дудаев Джохар зэраукIрэ илъэс 17 зэрырикъум егъэщIылIауэ цIыхухэм ИнтернеткIэ захуигъэзащ. Абы и тхыгъэм къыхощ: «Ар псалъэкIэ мыхъуу IуэхукIэ хущIэкъуащ мамырыгъэм», «Ди лъэпкъыр щхьэхуит хъунущ гъэунэхуныгъэ инхэр къызэринэкIмэ». АрщхьэкIэ дигу къэдвгъэгъэкIыжыт 1993 гъэм Грознэ щекIуэкIа парадым къыщыщыпсалъэм «мамырыгъэм и телъхьэ» Дудаевым жиIар: «Шэшэнхэм я процент 70-р хэкIуэдэнущ, ауэ процент 30-р щхьэхуиту псэунущ!» Шэшэн интеллигенцэр а псалъэхэм игъэуIэбжьат. Уеблэмэ, ягу къэкIат кхъухьлъатэзехуэу щыта генералым и щхьэм уэгум жьы къыщыщIихуауэ. АрщхьэкIэ «ичкерийхэм» иджыри яхъумэ Дудаевым и сурэтхэр. ИтIани гъэщIэгъуэн гуэрхэр холъагъуэ зи гугъу тщIы хъыбархэм. Абыхэм ящыщ зым, 2013 гъэм мэлыжьыхьым дунейм къытехьам, и щIагъым щIэтщ «Ичкерие Шэшэн Республикэ Ислъам Жэмыхьэтым и пресс-IуэхущIапIэ псалъэхэр: «Ичкерием» и зэманым къэрал властымрэ ислъамымрэ зыгуэркIэ зэпэщIахыу зэрыщытар дощIэж. АтIэ иджы «Жэмыхьэтымрэ», «Ичкериемрэ» сыткIэ зэрапхрэ? Ар къыщыдощIэ Инджылызыр зи хэщIапIэ «ичкерийхэм» я деж. КъызэрыщIэкIымкIэ, 90 гъэхэм къащIэна сепаратистхэмрэ «Кавказ Имаратым» щыщхэмрэ зэIущIащ хэт захуэми зэхагъэкIын мурадкIэ. ГупитIми загъэIу «Кавказым и щхьэхуитыныгъэм и телъхьэу». Ауэ япэрейхэм етIуанэхэм хуагъэгъуркъым 2007 гъэм Умаров Докку, «Ичкерие Шэшэн Республикэ» псалъэхэм къыпыкIыу «Кавказ Имарат» къызэгъэпэщыным щIэбэнын зэрыщIидзар. Аращ «ичкерийхэм» «имаратым» щыщхэр Тыркум ираджэныр къызыхэкIари. СудыщIэхэу ирагъэблэгъащ Кувейтым щыщ духьэшы Хьэмид Алийрэ боевикыу зыкъэзылъытэж Iэбу-Абдулэхьрэ. ГъэщIэгъуэнращи, Умаровым и лIыкIуэхэри арэзы хъуащ а зэIущIэм кIуэну. «Ичкерие Шэшэн Республикэм» и лIыкIуэхэм къалъытэрт «Кавказ Имаратыр» шэрихьэтым емызэгъыу икIи Умаров Докку амиру щыт мыхъуну. Истамбылым и хьэщIэщхэм ящыщ зым ахэр щызэдэуащ. ЗэIущIэм щыIащ «Имаратым» и лIыкIуэ Абдулазимов Рамзан. Лъэныкъуэхэр зыкIи зэгурыIуэфакъым. ЗэIущIэм и пэщIэдзэм жаIащ судыр шэрихьэт хабзэм тету ящIэну. Ар идакъым «Имаратым» и лIыкIуэм: «Дыхуейкъым! Арыншами дощIэ гъуэгу пэж дызэрытетыр!» Кувейтым щыщ хьэкумыщIэхэм телъыджэ ящыхъуащ шэрихьэт хабзэм тету ирамыгъэкIуэкIынумэ: зэIущIэр къызэрызэрагъэпэщар? Езыхэри щIраджар сыт? Духьэшы Хьэмид хущIэкъуащ лъэныкъуэхэр зэгурызыгъэIуэфыну гуэрхэр къигъуэтыну, арщхьэкIэ хузэфIэкIакъым: Умаров Докку и лIыкIуэм пиупщIащ: «Дэ мыпхуэдэ Iуэхухэм дытепсэлъыхьыну зыми къалэн къытщищIакъым». АрдыдэмкIэ «имаратым» щыщхэм аргуэру къагъэлъэгъуащ зыми епсэлъэну икIи зыгуэрхэмкIэ едэуэну зэрымыхьэзырыр. Ваххабитхэр псалъэмакъми динми хащIыкIышхуэ щыIэкъым. «Дэ жытIэращ пэжыр!» — а псалъэхэмкIэ псори зэфIокI. Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу дэ ди дежкIэ зы мыхьэнэ гуэри иIэтэкъым Тыркум щащIэ судыр зэриухынум. ЛъэныкъуитIри зыщIэхъуэпсыр Европэм и зэхуэдитIым хуэдиз хъу щIыналъэр езыхэм я тепщэныгъэм зэрыщIагъэувэнырт. ЩIэпхъаджащIэу къалъыта япэрейхэр щIэпхъуэжауэ илъэс тIощIым нэблэгъауэ Инджылызым, Франджым, Австрием, нэгъуэщIхэм щопсэу, етIуанэхэм Кавказ Ищхъэрэм и мэзхэмрэ бгъуэнщIагъхэмрэ я унапIэщ. Апхуэдэ щытыкIэ щыщыIэ мы зэманым дыхьэшхэнщ зи гугъу тщIы зэIущIэхэм хуэдэхэр зэрырагъэкIуэкIыр. Мыбдежым наIуэ къыщохъу иджырей «моджахедхэр» жылагъуэ-политикэ къарууэ къэзылъытэхэр хуабжьу зэрыщыуэр. АрщхьэкIэ, иджыри къыздэсым ахэр мащIэкъым. Псом хуэмыдэу ягъэжакъуэр зи акъыл мытIыса ныбжьыщIэхэрщ. Ахэращ гурбияныгъэм нэхъыбэу дихьэххэр: лIыхъужьу зыкъыщIрагъэдзыну хущIокъухэр. 2013 гъэм гъатхэпэм и 18-м Мэхъэчкъалэ и Совет район судым Iэрыхьащ илъэс 17 зи ныбжь щIалэщIэм егъэщIылIа уголовнэ Iуэхур. Абы Интернетым езым хуэдэхэр къыщыхуриджат щIэпхъаджащIэхэр ялэжьыну, хабзэм и хъума-кIуэхэм япэщIэувэну. Яубыда иужь, а балигъ ныкъуэхъум зиумысыжащ къемызэгъ зэрилэжьамкIэ. Дызыгъэгузавэр нэгъуэщIщ: абы Интернетым ирилъхьа тхыгъэм къеджауэ къыщIэкIынущ цIыху 30-м щIигъу. Сыт хуэдэу щытами, иужьрейхэр, щIалэщIэм пэджэжащ абы жиIэхэр даIыгъыу. Мис ар гуауэщ. ЩIалэгъуалэр, ди жагъуэ зэрыхъунщи, къэгъэдэIуэгъуафIэщ. Псоми ящIэ мэлыжьыхьым и 15-м Бостон къалэм (США) къыщыхъуар. А бзаджэнаджагъэм цIыхуи 3 хэкIуэдащ, 180-м фэбжь хахащ. Апхуэдэ дыдэу ящIэ щIэпхъаджагъэр зэралэжьамкIэ Кавказ Ищхъэрэм икIахэу Царнаев зэкъуэшхэр — Джохаррэ Тамерланрэ — зэрагъэкъуаншэр. АрщхьэкIэ зыгуэрхэр къэуващ ахэр ягъэзахуэу! Абыхэм папщIэ ахъшэ зэхуахьэсу щIадзащ. Пэжщ, апхуэдэхэр куэдкъым. Ди жагъуэ хъур а бзаджэнаджэхэм къащхьэщыжхэр зэрыщыIэрщ: къэрал лъэщым мышынэу пэщIэувахэрщ. Къэдгъэлъэгъуэнщи, псэууэ къэна Царнаев-нэхъыщIэм ФБР-м щыщхэм яжриIащ Афганистаным, Иракым, Сирием хуэдэ муслъымэн къэралхэм яхуэгъэзауэ США-м иригъэкIуэкI политикэр ягу зэрытемыхуэм къыхэкIыу а бзаджэна-джагъэр ялэжьауэ. АрщхьэкIэ сытыт ялажьэр къызэдэжэ спортсменхэмрэ зэпеуэм еплъыну уэрамхэм къыдыхьахэмрэ? Аращи, цIыху мамырхэр зыукIа Царнаев Тамерлан дэзыIыгъ щIалэгъуалэр муслъымэныгъэм хуабжьу пэжыжьэщ. Ахэр зэрыпхуэгъэзэхуэни щыIэкъым. Халидов Висхан, Грознэ къалэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28840.txt" }
Сабийхэм я гъэсакIуэ лъэщ «Кавказ пшэплъхэр» ансамблыр илъэс 25-рэ ирокъу Дыкъэзыгъэуджхэм я гуфIэгъуэ зэхыхьэ Налшык Профсоюзхэм щэнхабзэмкIэ я унэм щекIуэкIащ УФ-мрэ КъБР-мрэ щапхъэу къыщалъыта «Кавказ пшэплъхэр» сабий ансамблыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 25-рэ зэрырикъум теухуа концерт гукъинэж. Къафэр зи Iэпэгъу налшыкдэсхэмрэ щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я лэжьакIуэхэмрэ пшыхьым зыкърагъэхьэлIащ, фIым я фIыж «Кавказ пшэплъхэр» гупым и гуфIэгъуэр дагъэлъэпIэну. Зи къэфэкIэ дахэмкIэ цIыхухэм я гур хэзыгъахъуэ ансамблым апхуэдэу куэд зэхуишэсати, тIысыпIэ къызылъымысахэр мащIэтэкъым. Сабий творчествэмкIэ республикэ унэм и унафэщIым и къуэдзэ Хьэрэдурэ Лидэ зэхуэсахэмрэ хьэщIэхэмрэ фIэхъус гуапэкIэ захуигъэза нэужь, ягу къигъэкIыжащ «Кавказ пшэплъхэр» ансамблым и ехъулIэныгъэфIхэр къалъытэу, «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэмрэ (1989 гъэм) УФ-мрэ щапхъэ зытрах я сабий ансамбль (2000 гъэм)» щIыхьыцIэр къызэрыфIащар, Урысей, дунейпсо зэпеуэ, фестиваль зэхуэмыдэхэм я лауреат зыбжанэрэ зэрыхъуар, Тыркум, Польшэм, Франджым, Германием, нэгъуэщI щIыпIэ куэдым щытхъу иIэу зэрызыкъыщигъэлъэгъуар. — Гупым и зэфIэкIымрэ и ехъулIэныгъэфIхэмрэ куэдкIэ я фIыщIэщ абы и художественнэ унафэщI, 1988 гъэм ансамблыр къызэзыгъэпэща, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Тхьэмокъуэ Мартин, гупым и балетмейстерхэу УФ-м щIыхь зиIэ, КъБР-м и цIыхубэ артисткэ Шортэн Аллэ, ДзыхьмыщI Аслъэн, концертмейстерхэу Сэхъу Маринэ, Джэдгъэф ФатIимэ, Увыж Анзор, Тау Хъусен. Къыхэгъэщыпхъэщ, Сабий творчествэмкIэ республикэ унэм и унафэщI, УФ-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ, цIыхубэ егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ лэжьакIуэ Къалмыкъ Кларэ, — жиIащ Хьэрэдурэ Лидэ. ЩIэблэм дахагъэр фIыуэ ялъагъуу гъэсэнымрэ нэхъыжьхэм къащIэна щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэр хъумэнымрэ хэлъхьэныгъэфI зэрыхуащIам папщIэ, «Кавказ пшэплъхэр» ансамблым и художественнэ унафэщIымрэ и гъэсакIуэхэмрэ Сабий творчествэмкIэ республикэ унэм ахъшэ саугъэт зэрыхухихым теухуа унафэм ар къеджащ. «Кавказ пшэплъхэр» гупым и щIалэ къуданхэмрэ пщащэ зэкIужхэмрэ концерт программэр уджпыхукIэ къызэ-Iуахащ. Къыхэгъэщыпхъэщ, мы къафэ лIэужьыгъуэр щIалэгъуалэм зыхалъхьэ щымыIэу зэрыщытар. Пасэрей хьэгъуэлIыгъуэхэм щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ къыщызэдэуджт, я щэху зэжраIэу. Иджы нэхъ мащIэрэ ягъэзащIэ хъуа къафэм еплъ нэхъыжьхэр гукъэкIыж IэфIхэм хашат. Гупым и солистхэу Къунаш Къантемыррэ ДзыхьмыщI Надиерэ ягъэзэщIа «Къафэ»-м нэр ихьэхут. Лъэпкъ фащэ екIур зыщыгъ ныбжьыщIэхэм я утыку итыкIэр гукъинэжт, дэрэжэгъуэ ин къозытт. Пшыхьыр зращIэкIа ансамблым иIэщ илъэси 6-8 хъухэр лъэпкъ къафэм щыхуагъасэ школ. Абы екIуалIэ цIыкIухэм япэу ягъэзащIэрт «ГъащIэ гъуэгу» зыфIащар. УзыгъэгуфIэщ щIэблэ дахэ ансамблым къызэрыщIэувэр. Нэри псэри ихьэхуат а цIыкIухэм я утыку итыкIэ екIум. КъБР-мрэ КъШР-мрэ щIыхь зиIэ я артист, «Балкария» ансамблым и солист Гароев Жамболэтрэ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, «Кабардинка» ансамблым и солист Къуэныкъуей Алимрэ «Кавказ пшэплъхэр» гупым ехъуэхъуащ, дяпэкIи зиужьыну, ехъулIэныгъэ инхэр иIэну зэрагуапэр къыхагъэщащ. Абы хэт ныбжьыщIэхэм «Кабардинка», «Балкария» къэрал ансамблхэм къафэм щыпащэну зэрагуапэри щIагъужащ. Къуэныкъуей Алим Тхьэмокъуэ Мартин фIыщIэ ин хуищIащ, къафэм япэ лъэбакъуэхэр хригъэчауэ зэрыщытам папщIэ. «Кабардинка», «Балкария», «Нал цIыкIу», «Маленький джигит», Абхъаз Республикэм и «Адац», Къуэдз Михаил зи художественнэ унафэщI «Макъамэ» ансамблыр, КъБР-мрэ КъШР-мрэ щIыхь зиIэ я артисткэ Шэрджэс Iэсият сымэ «Кавказ пшэплъхэр» гупым уэрэдкIэ, къафэкIэ ехъуэхъуахэщ. Осетие Ипщэ, Адыгей, Къэбэрдей-Балъкъэр республикэхэм щIыхь зиIэ я артист Хъыжьрокъуэ СулътIан мы пшыхьым япэу утыку къыщрихьащ «Гордая земля — Кабарда» зыфIища и уэрэдыщIэр. Зэхуэсахэм уэрэдыр ягу зэрырихьар къагъэлъагъуэу Iэгуауэ ин хуаIэтащ. Къафэмрэ уэрэдымрэ щызэщIэжьыуэ пшыхьым кърихьэлIахэр зэбгрыкIыжащ гуфIэгъуэр я нэгум кърихрэ щIэблэ гъуэзэджэ дызэриIэм иригушхуэу. Кавказым и лъэпкъ къафэхэр зэманым щIыгъуу зыгъэкIуатэ, нэгъуэщI щIыналъэхэм республикэм и цIэкIэ зыкъыщызыгъэлъагъуэ, цIыхур фIым, дахагъэм хуэзыгъэуш «Кавказ пшэплъхэр» ансамблыр илъэс куэдкIэ иджыри утыку итыну, ефIэкIуэну ди гуапэщ. ТЕНДЖЫЗ Данэ. Щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр зыхъумэр «Кавказ пшэплъхэр» ансамблым и тхыдэ дахэр къыдожьэ КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Тхьэмокъуэ Мартин ар къыщызэригъэпэща 1988 гъэм. Мы ансамблыр республикэм и къэфакIуэ нэхъыфIхэм ящыщщ. Илъэс 25-м къриубыдэу Сабий творчествэмкIэ республикэ унэм Тхьэмокъуэм къэфакIуэ гуп зыбжанэ къыщIигъэкIащ. Абы и дэIэпыкъуэгъущ балетмейстерхэу УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ, КъБР-м и цIыхубэ артисткэ Шортэн Аллэ, ДзыхьмыщI Аслъэн, концертмейстерхэу Сэхъу Маринэ, Джэдгъэф ФатIимэ, Увыж Анзор, Тау Хъусен. Ансамблым цIыху 40 хэтщ. Ахэр гупитI мэхъу — нэхъыщIэрэ (илъэси 10-13 хъухэр), нэхъыжьрэ (13-16). Илъэси 6-8 хъухэр лъэпкъ къафэм щыхуагъасэ школи иIэщ. Ансамблым и программэр гъэщIэгъуэнщ икIи удэзыхьэхщ. НыбжьыщIэхэм ягъэзащIэ гушыIэ, сюжетнэ, Кавказым ис лъэпкъхэм я къафэ лIэужьыгъуэхэр, Хэкум теухуа уэрэдхэр оркестрыр дэщIыгъуу жаIэ. Тхьэмокъуэ Мартин къафэ 25-м щIигъу игъэуващ. Урысей, дунейпсо дамыгъэхэмрэ медалхэмкIэ къалъытащ абыхэм я фIагъыр. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, «Къафэ» пасэрей адыгэ къафэжьыр, «Уэркъ къафэр», «Уджыр», «Зэныбжьэгъухэм я къафэ» щIалэгъуалэ сюитэр, нэгъуэщIхэри. Ансамблыр республикэм къищынэмыщIа, нэгъуэщI щIыпIэхэми къыщацIыху. Ахэр хэтащ Урысейм, Фран-джым, Тыркум, Абхъазым, Германием, Польшэм, Украинэм, нэгъуэщI щIыпIэхэм щекIуэкI фестивалхэм. КъэфакIуэхэм я зэпеуэу щIыпIэ зэхуэмыдэхэм щекIуэкIхэм жыджэру зыкъыщагъэлъагъуэ. Апхуэдэ зэхыхьэхэм зыбжанэрэ япэ, етIуанэ увыпIэхэр къыщахьащ. Къэбгъэлъагъуэмэ, 1993 гъэм Франджым щекIуэкIа дунейпсо зэпеуэм хэта гуп 47-м утыку кърахьахэм я нэхъыфIу къалъытащ Тхьэмокъуэ Мартин нарт эпосыр и лъабжьэу игъэува «Дахэнагъуэ и хъыбар» къафэр. 1994 гъэм «Кавказ пшэплъхэр» Франджым ирагъэблэгъащ. КъищынэмыщIауэ, ансамблыр 1997 гъэм хъуащ Урысей Артиадэм и лауреат. Къэбэрдей-Балъкъэрым и литературэмрэ гъуазджэмрэ я махуэу 1995 гъэм Москва щекIуэкIами гупыр жыджэру хэтащ. 2000 гъэм ансамблыр и зэфIэкI щеплъыжащ Тыркум и Анкара къалэм къыщызэрагъэпэща дунейпсо фестивалым. Къафэмрэ уэрэдымрэ щызэщIэжьыуэу Тхьэмокъуэ Мартин игъэува «Кавказым и бынхэр», «Кавказ пшэплъхэр», «Долинск и розэхэр» сюитэхэм саугъэт къыхуагъэфэщащ. 2003 гъэм Франджым и Ганнат къалэм щекIуэкIа фестивалым «Кавказ пшэплъхэр» хэтащ. IуэрыIуатэм и лэжьакIуэхэм я лъэIукIэ, Тхьэмокъуэм Кавказым ис лъэпкъхэм я къафэхэмкIэ мастер-классхэр итащ. «Зэныбжьэгъухэм я къафэ» щIалэгъуалэ сюитэр щIэщыгъуэу зэригъэувам папщIэ, дунейпсо сертификат Тхьэмокъуэм къратащ. Ансамблыр гъэлъэгъуэныгъэ, зэхыхьэ зэхуэмыдэхэм хэтащ. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, 2006 гъэм Франджым и Страсбург къалэм щекIуэкIар, 2007 гъэм «Интурмаркет» дунейпсо турист гъэлъэгъуэныгъэр, Къэбэрдейр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 450-рэ зэрырикъум теухуа гуфIэгъуэ зэхыхьэр, 2009 гъэм Тыркум щекIуэкIа «Кавказ Ищхъэрэм и къафэхэмрэ уэрэдхэмрэ» дунейпсо фестивалыр, нэгъуэщIхэри. «Кавказ пшэплъхэр» ансамблым и гъэсакIуэхэм я щIэныгъэр зэпымыууэ хагъахъуэ, ныбжьыщIэхэр зэрырагъаджэ Iэмалхэр ирагъэфIакIуэ. ЩIэблэр хуагъасэ хабзэм, нэмысым, цIыху хэтыкIэм, IэщIагъэ зэгъэгъуэтын, Хэкур фIыуэ лъагъун зэрыхуейм, нэгъуэщIхэми. Гупым хэтхэм нэгъуэщI щIыпIэхэм зыкъыщыщагъэлъагъуэкIэ, зэрызэчиифIэм къыдэкIуэу, зыIыгъыкIэ екIу зэраIэм, щэныфIэу утыку зэритым гу къылъамытэу къанэркъым. Тхьэмокъуэ Мартин игъэсахэр «Кабардинка», «Балкария» къэрал ансамблхэм е нэгъуэщI къэфакIуэхэм хохьэ, еджапIэ нэхъыщхьэхэм я щIэныгъэр щыхагъахъуэ. 2001 гъэм «Запад-Восток» зэгухьэныгъэм къызэригъэпэщауэ Германием щата псапащIэ концертым къыхэкIа ахъшэмкIэ Налшык и сабий зеиншэхэмрэ ныкъуэдыкъуэхэмрэ зэрадэIэпыкъурэ Тхьэмокъуэр псапащIэ Iуэхум жыджэру хэтщ. Илъэс 40-м щIигъу къафэм тезухуа Тхьэмокъуэм лъэпкъ щэнхабзэм хуищIа хэлъхьэныгъэфIым папщIэ, мызэ-мытIэу къыхуагъэфэщащ щIыхь тхылъхэмрэ медалхэмрэ. Абы и гъэсэнхэм яхэтщ курыт школыр дыщэ медалкIэ къэзухахэр, артистхэр, унэтIыныгъэ зэхуэмыдэхэмкIэ IэщIагъэлIхэр, республикэм и зыужьыныгъэм хуэлажьэхэр. Ансамблыр КъБР-мрэ (1989 гъэ) УФ-мрэ (2000 гъэ) щапхъэу къыщалъытащ. «Кавказ пшэплъхэр» гупым и къэфакIуэхэр утыку ихьэху Кавказым ис лъэпкъхэм я щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр хъумэнымрэ дунейпсо щэнхабзэм зегъэужьынымрэ хэлъхьэныгъэфI хуащI. Налшык къыщызэрагъэпэщ зэхыхьэхэм хэтхэм я гукъыдэжыр зыIэт, нэгъуэщI щIыпIэхэм республикэм и цIэкIэ зыкъыщызыгъэлъагъуэ, цIыхухэм дэрэжэгъуэ езыт ансамблым и ехъулIэныгъэхэм хигъэхъуэну ди гуапэщ. Ансамблым и гуп нэхъыжьым хэт щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ мыращ жаIэр: Къунащ Астемыр: — Мы ансамблым сыкъызэрыхыхьэрэ илъэсих хъуами, си щIэщыгъуэщ. Гупым хэтхэр ныбжьэгъу дызэрызэхуэхъуар сыт и уасэ! Нэхъапэхэм тIэкIу Iэнкуну дыщытами, иджы дымыукIытэу гуфIэгъуэ зэхыхьэхэм дыхэтщ, утыкушхуэхэм дыкъохьэ. Ди къуэш, шыпхъу нэхъыщIэ цIыкIухэр къафэм худогъасэ, уеблэмэ ди ансамблым къыхэтшэну яужь дитщ. Ди лъэпкъ гъуазджэр зэрыдмыгъэкIуэдыжыным, абы зэрызедгъэужьыным теухуауэ ди гъэсакIуэхэм къыджаIэр ди лъым хыхьауэ къызолъытэ. Абыхэм къафэм дызэрыхуагъасэм къыдэкIуэу, лъэпкъ хабзэм, нэмысым дыхуаущий, тхыдэр дагъащIэ. ДзыхьмыщI Надие: ИлъэситI фIэкI сымыхъуу си адэшхуэ ДзыхьмыщI Аслъэн къафэм сыздишэу иригъэжьащ. Илъэсибл сыщыхъум гупым сыхигъэхьауэ нобэр къыздэсым сфIэфI дыдэу сыкъокIуэ. Зи гъусэу сыкъафэ Къунащ Астемыр къэфакIуэ лъэщщ. Абы къафэм щиIэ зэфIэкIыр зэкIэ зыхуэзгъэдэн щыIэкъым. Ди программэр гъэщIэгъуэнщ, удэзыхьэхщ. Балетмейстерхэу Шортэн Аллэрэ ДзыхьмыщI Аслъэнрэ гъунэгъу республикэхэм я щэнхабзэм дыхагъэгъуазэ. Адыгэ, балъкъэр къафэхэм нэмыщI, гъунэгъу лъэпкъхэм ейхэри догъэзащIэ. НэгъуэщI республикэхэм пщIэ къыщытхуащI, гуапэу драгъэблагъэ. Фестивалхэмрэ зэпеуэхэмрэ дыщыхэткIэ лъэпкъ зэхуэмыдэхэм я къафэхэр утыку къызэритхьэр яфIэгъэщIэгъуэнщ. Къафэм зыхуэдгъасэми зыдгъэпсэхуми гупыр дызэшкъым. ЖыпIэнуракъэ, зы унагъуэм хуэдэу быдэу дызэрыIыгъщ. Дэунэж Камиллэ: Курыт школым къэфэн щезгъажьэу, абы сыщызыIэпишэм нэхъ куууэ зыхуэзгъэсэну мурад сщIащ. Зэныбжьэгъухэр зэгъусэу мы ансамблым дыкъыхыхьащ. Илъэс 11 сызэрыхъурэ сыхэтщ мы гупым. Ди гъэсакIуэхэр адэ-анэм хуэдэу гуапэу къытхущытщ. Гупым ди унафэщI Тхьэмокъуэ Мартин хуабжьу цIыхуфIщ, гъэсакIуэ Iэзэщ. Шортэн Алли ДзыхьмыщI Аслъэни фIыщIэрэ щытхъурэ яхуэфащэщ. Бырсекъуэ Азэмэт: СызэрыцIыкIурэ къафэм сыхуэнэхъуеиншэщ. Ансамблыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 20 зэрырикъум теухуа теленэтыным 2008 гъэм срихьэлIащ. Гупым и къэфэкIэр абы щыгъуэм сигу щрихьым, си адэ къуэшым сыкъишащ. ЩIэщыгъуэщ нэгъуэщI щIыналъэхэм щекIуэкI фестивалхэмрэ зэпеуэхэмрэ дыхэтыну къызэрытхуихуэр. Гукъинэжт Москва къалэм, Тыркум, Абхъазым, нэгъуэщI щIыпIэхэм щекIуэкIа зэхыхьэхэм зэрызыкъыщыдгъэлъэгъуар. ГъащIэм щызэзгъэхъулIэну си мурадхэр мащIэкъым. ЦIыхум зезыгъэузэщI, гур хэзыгъахъуэ, дэрэжэгъуэ езыт къафэр си Iэпэгъуу си хъуэпсапIэхэм сахуэкIуэну сыхуопабгъэ. Мэрем Ланэ: — Тхьэмахуэм махуищ къафэм хухыдох, ауэ еджэным зыщIедмыгъэхыу тIури зэрызэдэтхьыным иужь дитщ. Къафэм щэнхабзэм, гъуазджэм ухегъэгъуазэ, уи Iэпкълъэпкъыр екIу, дахэ ещI. ЩIэх тщыгъупщэжынукъым Кавказым и къэфакIуэхэм я фестиваль Тыркум щекIуэкIар. Ди ансамблым и гуп нэхъыщIэм хэт цIыкIухэр къыддоплъей, щапхъэ къыттрах. ЕтIанэгъэ КъБКъУ-м сыщIэтIысхьэну си мурадщи, абы щыIэ къэфакIуэ гупым сыхыхьэу си зэфIэкIым хэзгъэхъуэну сыщIохъуэпс. Щхьэгъум Мурат: — «Кавказ пшэплъхэр» ансамблым и гупым илъэситху хъуауэ сфIэфI дыдэу сыхэтщ. Сыхуейщ адыгэ гъуазджэм къикIуа гъуэгуанэр нэхъри кIыхь, дахэ хъуну. Нэхъапэм дуней псом цIэрыIуэ дызэрыщыхъуа ди лъэпкъ фащэмрэ къафэмрэ и пщIэр къэтIэтыжыну, ди нэхъыжьхэм нобэм къахьэса щэнхабзэ къулейр дгъэбэгъуэну ди къалэну къызолъытэ. Республикэм ис щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ къыхузоджэ къэфэкIэ зрагъэщIэну. Ар ди лъэпкъым къигъэщIа дахагъэхэм язщ. Тхьэмокъуэ Аминэ: Иджыри сыкъалъхуагъащIэу ансамблым и къэфэкIэр видеокIэ зылъэгъуа си анэм игу ирихьат. Абы щыгъуэм мурад ищIат илъэситху сызэрыхъуу къафэм сигъэкIуэну. Сабий гъэсапIэм сыщыкIуэм си анэмрэ анэшхуэмрэ къафэм сыхагъэхьащ, нобэр къыздэсми сыхэтщ. КъБР-м и Правительствэм и Унэм зэрызыкъыщыдгъэлъэгъуар гукъинэж сщыхъуащ. Къафэм къыдэкIуэу, уэрэди дгъэзэщIащ. КърихьэлIахэм ди утыку итыкIэр хуабжьу ягу ирихьащ, саугъэтхэри къыдатащ. ЗэкIэ нэгъуэщI щIыпIэхэм щекIуэкI зэхыхьэхэм сыхэтыну къысхуихуакъым, ауэ дяпэкIэ сыхэхуэну согугъэ. Мы гъэм школыр къызоухри, еджапIэ нэхъыщхьэм сыщIэтIысхьэну си мурадщ. Елжырокъуэ Астемыр: ЕплIанэ классым сыщеджэу си анэм мы ансамблым япэу сыкъишащ. Балетмейстер ДзыхьмыщI Аслъэн сыкъыщигъафэм, сигу ирихьри, зыщызгъэсэну сыкъыхыхьащ. Илъэс ебланэ хъуауэ гупым сыхэтщи, иджыри къафэм гу щысхуакъым. Мы гъэм школыр къызоух. КъызэхъулIэмэ, еджапIэ нэхъыщхьэмрэ къафэмрэ зэдэсхьыну си гугъэщ. Къарэ Линэ: ИлъэсипщI и пэкIэ си адэм сыкъишауэ щытащ мы ансамблым. Абы щыгъуэ иджыри къафэм и мыхьэнэр къызгурыIуэртэкъым, ауэ сыкъыдэкIуэтея иужькIэ къэсщIащ абы зэрызыуигъэузэщIымрэ дахагъэу хэлъымрэ. Ансамблыр дыкъацIыхуащи, Урысейми, нэгъуэщI щIыпIэхэми щыIэ фестиваль, зэпеуэ зэхуэмыдэхэм щIэх-щIэхыурэ драгъэблагъэ. Псом хуэмыдэу дигу ирохь нэгъуэщI къэралхэм щыIэ зэхыхьэхэм ди зэфIэкI зэрыщыдгъэунэхур. НэгъуэщI щIыналъэхэм ди республикэм и щэнхабзэр, гъуазджэр зэрыщыдгъэлъагъуэм къыдэкIуэу, ди нэгуи зыдогъэужь, щIэ куэди къыдощIэ. А псор зи фIыщIэр гъэсакIуэхэращи, зэрыдмыгъэщIэхъуным дыхущIокъу. Псом хуэмыдэу гукъинэж сщыхъуащ нэгъабэ Москва дызэрыщыIар. Мы гъэм гуп нэхъыжьым хэтхэм къыдоухри, дыщызэбгрыкIыжыну зэманыр къызэрыблагъэр ди жагъуэ мэхъу. Ди адэ-анэм хуэдэу, фIыуэ тлъагъу ди гъэсакIуэхэм дахуэзэшынущ. Ахэр цIыху гуапэщ, гъуэгугъэлъагъуэщ. Iэмал имыIэу щIэх-щIэхыурэ лъагъунлъагъу дыкъэкIуэнущ абыхэм я деж. ТЕКIУЖЬ Заретэ. Къафэр зи Iэпэгъу Лъэпкъ къафэхэмкIэ УФ-мрэ КъБР-мрэ щапхъэу къыщалъыта «Кавказ пшэплъхэр» ансамблым илъэс 15 хъуауэ и балетмейстеру мэлажьэ ДзыхьмыщI Аслъэн, Сабий творчествэмкIэ республикэ унэм къекIуалIэ ныбжьыщIэхэр къафэ гъуазджэмрэ утыку итыкIэм и щэхухэмрэ хигъэгъуазэу. Аслъэн и адэ Къэралбий Кэнжэ къуажэ клубым ныбжьыщIэхэр къафэм щыхуигъасэрт. И адэм и лэжьыгъэм куэдрэ щыкIэлъыплъым, езыри къафэм дихьэхри, 1986 гъэм а гупым хыхьащ. Курыт школыр къиуха нэужь, КъБКъУ-м и инженер факультетым щIэтIысхьами, абы къафэр IэщIыб ищIакъым. Университетым и «Къафэ» ансамблым и хъыбар Аслъэн щызэхихым, куэдрэ мыгупсысэу гупым и художественнэ унафэщI Думэн Мурадин зыхуигъазэри, дэзыхьэх Iуэхугъуэм пищащ. Еджэнми къафэми фIыуэ хэзагъэрт, уеблэмэ ансамблым зэрыхэтыр абы и дежкIэ гупсэхугъуэт. — Университетым щекIуэкI зэхыхьэ зэхуэмыдэхэм ансамблыр хэтт. Апхуэдэхэм кърихьэлIэхэр ди лъэгу щыщIэдгъэплъкIэ, я нэгу къищ дэрэжэгъуэм гухэхъуэу къыдитыр къэIуэтэжыгъуейщ, — жеIэ Дзыхьмыщiым. — «Къафэ»-м илъэсиплIкIэ сыхэтауэ Атэбий Игорь къызэригъэпэща «Кавказ» ансамблым сыкIуащ. 1995 гъэ пщIондэ абы сыкъыщыфащ. Къафэм хэлъ дахагъэр кIуэ пэтми нэхъ зыхэсщIэ, абы зызигъэузэщI щыхъум, ар Iэпэгъу сщIыпащ. Сабий творчествэмкIэ республикэ унэм и «Кавказ пшэплъхэр» ансамблым 1998 гъэ лъандэрэ Аслъэн и балетмейстерщ. Къафэм и щэхухэм фIыуэ хэзыщIыкI я гъэсакIуэм ныбжьыщIэхэм пщIэшхуэ хуащI. Ансамблым гъэ къэс ныбжьыщIэу 100-м щIигъу къокIуалIэ. Лъэпкъ къафэхэмкIэ школым къакIуэ цIыкIухэм я нэхъыфIхэр къыхахыурэ студием ягъакIуэ. Абы къыхэжаныкIхэр ансамблым хагъэхьэ. «Кавказ пшэплъхэр» гупым и утыку итыкIэ дахэр куэдым гунэс ящохъу. ЩIыпIэ зыбжанэм къыщацIыхуа, республикэр зэрыгушхуэ ансамблым и ехъулIэныгъэхэр зи фIыщIэ гъэсакIуэхэм ящыщ зыщ Аслъэн. Езым и лъагъуэм ирикIуэу гъащIэм къафэр Iэпэгъу щызыщIхэр и мащIэкъым абы. Къафэ гъуазджэм, дахагъэм сабийхэр хуэбгъэсэн нэхъыфI сыт щыIэ!? Дауи, гурыIуэгъуэщ ДзыхьмыщIым къафэм хухиха илъэсхэр пщIэншэ зэрымыхъуар. БжьыхьэлI Розэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28843.txt" }
Зы лIыр джэдыгуибгъурэ лIибгъур джэдыгуншэу щыт хъунукъым КъБР-м и Правительствэм и зэIущIэхэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ ди жылагъуэхэм я щытыкIэм щIэмычэу щытопсэлъыхь. Республикэм и унафэщIхэми къуажэдэсхэм я псэукIэр зрагъэлъагъу. Дауи, ди жылэхэр зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ зэхуэдэу къызэгъэпэщакъым. Налшык къалэм къедзахэр е район центрхэм пэгъунэгъухэр нэхъ зыхуей хуозэ. Пхы-дзахэр-щэ? Дауэ хъурэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъунапкъэм щысхэм я Iуэхур? ЦIыху къызэрыгуэкIхэр сыт нэхъыбэу зыгъэпIейтейр? Ахэр зэдгъэщIэн папщIэ, Тэрч районым хыхьэ Ислъэмей къуажэм иджыблагъэ дыщыIащ икIи щIыпIэ администрацэм и унафэщI Лыкъуэжь Владислав зыхуэдгъэзащ. — Владислав, фи къуажэр районым и жылэ нэхъ инхэм, нэхъыжьхэм ящыщу си гугъэкъым. — Ислъэмейр къыщызэрагъэпэщар 1815 гъэрщ. И инагъ и цIыкIуагъым утепсэлъыхьмэ, унагъуэ 340-м щIигъу дэсщ, цIыхуу 1650-рэ щопсэу. Абыхэм ящыщу 800-р IэнатIэ Iутщ, нэхъ цIыкIуми, школакIуэми сабий 320-м щIигъу диIэщ, 350-р пенсэм щысщ. — Фи цIыхухэр нэхъыбэу сыт зыхэпсэукIыр? — Япэ дыдэу щIым къытрахыращ. ИтIанэ, мащIэ-куэдми, Iэщым, джэдкъазым къыпах хъерырщ. Жылэм гъавэ щIапIэу гектар 2800-м щIигъу диIэщ. Фермеру унагъуэ 12 къуажэм дэсщи, гектар 200 зэрахьэ. КIэщIу жыпIэмэ, а щIы Iыхьэм цIыху 60 егъашхэ. КъимыдэкIэ унагъуи 164-м гектаритIым къыщыщIэдзауэ 100-м щIигъу зиIэ яхэту, щIыр бэджэнду яIыгъщ. Къуажэм хуабжьу сэбэпышхуэ къытхуохъу щIы нэхъыбэ зиIэхэр — езыхэр щIалэу, илъэс 35-40-м фIэмыкIауэ апхуэдэхэщ. Я цIэ къыхэзгъэщыну сыхуейт Хьэрэдурэ Чэрим, Цырхъуо Сэрэбий, Умар Аслъэнбэч, ТIымыжь Аслъэн, Пыжьынэ Анзор сымэ. Джэд IускIэ, мэкъумылэкIэ нэхъ хуэмыщIахэм ахэр хуабжьу ядоIэпыкъу. КъищынэмыщIауэ, былым зыгъэшхэну иужь ихьэхэм щIэгъэкъуэнышхуэ къахуохъу «Мэкъумэш банкыр». Езыхэм я хьэрычэтми, дэ дахуэлъаIуэми, нэгъабэрэ мы гъэм щыщу блэкIа зэманымрэ къапщтэмэ, ди къуажэм къыдыхьащ сом мелуанибгъу. — ЩIым теухуауэ языныкъуэ къуажэхэм къаугъэ къыщаIэт, ар нобэ зэрыгуэшамкIэ мыарэзыуэ. Фи жылэм апхуэдэ псалъэмакъ дэлъкъэ? — А упщIэр къыщызэптынум сыхуэпIащIэу сыпэплъэрт. Ди къуажэми къыщаIэт апхуэдэ псалъэмакъ. Ауэ унагъуэ къэс щIыр зэхуэдэу ятедгуэшэну апхуэдэ унафи закони щыIэкъым. Нэхъапэхэм щIы хуэмеями, иджы цIыху зыкъомым жэрдэм ящIащ бэджэнду вапIэ тIахыну: я щхьэ зэрапIыжын, я сабийр мылъку нэхъ зиIэхэм яйм емыхъуапсэу яхуэпэну, ирагъэджэну хуейуэ. Зы лIыр джэдыгуибгъурэ лIибгъур джэдыгуншэу къезэгъыркъым. Ауэ мис мы гъэм еух щIы зыIыгъхэм етщIылIа зэгурыIуэныгъэри, си гугъэщ къаугъэ къыхэмыкIыу а Iуэхум унафэ тэмэм тетщIыхьыфыну. — Владислав, ди республикэм и Iэтащхьэр Дзэлыкъуэ щIыналъэм щыщы-Iам щыгъуэ жиIауэ щытащ « Къуажэдэсхэр псы зэфэнкIэ къытхузэмыгъэпэщмэ, абы властым и пщIэр иреудых ». Абы и IуэхукIэ сыт жыпIэн? — Нобэ абы нэхъ Iуэхушхуэ ди жылэм дэлъкъым. МахуитI къэс ещанэм псы зэфэн еттыфу аращ цIыхухэм. Ари тхузэфIэкIыу щытакъым. АбыкIэ фIыщIэ ин хуэсщIыну сыхуейщ районым и нэхъыжь Пэнагуэ Максим. Ар ди республикэм и унафэщIым хуэзэху ди Iуэхур зэрыхэплъэгъуэр жриIэурэ, «Курп псы зекIуапIэхэр» зэгъэпэщыжыным сом мелуани 140-рэ халъхьауэ щытащ. Абы и ужькIэ пэрыхьэту диIащ. А лъэхъэнэм ток уасэкIи хуабжьу зыкъытщIагъэкъуащ. Ауэ илъэситI хъуауэ дотацэ щыIэжкъыми, токыр коммерцэ уасэкIэ къэтщэхун хуей мэхъу икIи дыпэлъэщыркъым. Сыту жыпIэмэ, Астемырей нэс километр 12-кIэ къыдош. Абы мылъкушхуэ ехь. Псыр нэхъ зэпымыууэ диIэн папщIэ, Тхьэр арэзы къахухъу, зэзэмызэ, зэрахузэфIэкIым елъытауэ, зыкъытщIагъакъуэ нетIэ зи цIэ къисIуа, щIы нэхъыбэ зыIыгъ щIалэхэм. Ауэ ди Iуэхур зэтес хъун щхьэкIэ, нэгъуэщI хэкIыпIэ гуэрхэр къэдмыгъуэту хъунукъым. Апхуэдэ зы Iэмалу къызолъытэ унагъуи 180-м я кранхэм псыуэ ягъэкIуэщIыр къызэрабж Iэмэпсымэ зэрытрагъэувар. Абы и фIыгъэкIэ, псыр нэхъ зэгъэзэхуауэ къэгъэсэбэпа хъунущ. Куэд щIакъым и мини-стрхэр щIыгъуу КъБР — м и Правительствэм и Iэтащхьэ Хьэсанэ Руслан ди жылэм зэрыщыIэрэ. Iуэхур зытетыр хуэтIуэтати, къыддэIэпыкъуну дыкъигъэгугъащ. — Къуажэр зыхуей хуэзэу псэун щхьэкIэ, куэд зэфIэгъэкIыпхьэщ. Адрей псоми я гугъу сщIынкъым, ауэ Щэнхабзэм и унэ, амбулаторэ хуэдэхэр ямыIэмэ, цIыхухэр гугъу ехьынущ. — АбыхэмкIэ ди Iуэхур хъарзынэу зэфIэувэжащ. Щэнхабзэм и унэр щащIауэ щытар 1957 гъэрщ. Абы колхоз правленэр, бухгалтер, экономист хуэдэхэр, кIэщIу жыпIэмэ, хозяйствэм и Iуэхур зезыгъакIуэхэр щIэсащ зы къат яIыгъыу. Колхозыр лъэлъэжа нэужь, фейцей хъуащ. Ауэ щэнхабзэ унэхэр къэгъэщIэрэщIэжыным теухуауэ Къанокъуэм къыхилъхьауэ щыта жэрдэмым ипкъ иткIэ, илъэс зыщыплI и пэкIэ сом мелуанрэ мин щитхурэ къыдатати, щIалэ гуэрхэр щIэгъэкъуэн къэтщIми, етхьэлIэнухэр нэхъ пуду къэдгъуэтми, евроремонт тщIащ. Иджы сытым хуэдэу зэпэщ хъужа щэнхабзэм и унэр! Уеблэмэ, и котельнэри щхьэхуэщ. ЩэнхабзэмкIэ унэм зыща- гъасэ самодеятельностым хэт гуп зыбжанэм, къуажэ библиотекэри абы щIэсщ. Амбулаторэри зыхуей хуэзэу зэдгъэпэщыжащ. ДохутырхэмкIэ дызэхурокъу, Iэмэпсымэ хъарзынэхэри яIэщ. — Мы зэман гъунэгъухэм ущыгуфIыкI хъуну сыт хуэдэ Iуэху фызыпэплъэр? — Къуажэдэс IэнатIэншэхэм, лэжьэну хуейхэм защIэгъэкъуэным теухуауэ республикэм программэ щыIэщ. Ар Мэзкуу щыпхыкIыну дыщогугъ.Абы ипкъ иткIэ, ди районым ис цIыху 500-м щхьэж хуэзэу къратын хуейщ сом мин 250-рэ и уасэ пкъыгъуэ, теплицэ ящIу хадэхэкIым елэжьын папщIэ. Ди жылэм щыщу абы хэхуэну дыщогугъ цIыху 40 — нэхъ хуэмыщIауэ, IэнатIэншэу. Ар хуабжьу ди нэ къикIыу дызэжьэ Iуэхугъуэщ. Ауэ псом хуэмыдэу дыщогуфIыкI сабий 75-рэ зэкIуэлIэну гъэсапIэ ди жылэм зэрыщаухуэнум. Абы 1-4-нэ классым нэс щра-гъэджэнущ. — Владислав, жылэ щыхъукIэ, шэч хэмылъу, узытепсэлъыхьын куэд щыбгъуэтынущ. Ауэ мы зымкIэ сыноупщIыжмэ сфIэкъабылщ. Дэ псори дызыщIэхъуэпсри дызыхущIэкъури ди Iуэхум адэкIэ пызыщэн, къуажэм, районым, республикэм, къэралым я пщэдейр нэхъыфI зыщIын щIэблэ узыншэ къытщIэхъуэнырщ. Ауэ иужь илъэсхэм республикэм къыщыхъу щIэпхъаджагъэхэм щIалэгъуалэ куэд зэрыхэкIуадэм дегъэпIейтей. Фи жылэм дэс ныбжьыщIэхэм теухуауэ сыт жыпIэн? Къуажэр фызыгъэукIытэ, гъуэгу пхэнж теувэ фиIэ? — Ди гуапэ зэрыхъунщи, Ислъэмейр дыщIэукIытэн диIэкъым. А Iуэху Iей къекIуэкIхэм пэIэщIэщ ди щIалэгъуалэр. Ар псом япэу зи фIыщIэу къэсльытэр ди нэхъыжьхэрщ. Абыхэм ядоплъей къытщIэхъуэ щIэблэр. Адрей жылэхэм я пщIэр згъэлъахъшэу къащремыхъу, ауэ ди къуажэм адыгагъэр — хабзэ, нэмыс, укIытэ жыхуэтIэхэр — нэхъ къыщызэтенауэ пIэрэ жызоIэ. Епсэлъар Мыз Ахьмэдщ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28854.txt" }
ХьэрычэтыщIэхэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ уполномоченнэ Пархоменкэ Юлие КъБР-м и Iэтащхьэм деж хьэрычэтыщIэхэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ уполномоченнэу Пархоменкэ Юлие мэкъуауэгъуэм и 6-м ягъэуващ. Къанокъуэ Арсен абы теухуа Указым иджыблагъэ Iэ щIидзащ. Пархоменкэ Юлие Виктор и пхъур Май районым хыхьэ Май къалэм 1967 гъэм къыщалъхуащ. Шахтинск дэт технологие институтыр, иужькIэ Кисловодск экономикэмрэ правэмкIэ и институтыр къиухащ. Экономикэ щIэныгъэхэм я кандидатщ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм промышленностымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэщ. Зыпэрыта IэнатIэхэр: 1992 гъэм мэкъуауэгъуэм и 6-м къыщыщIэдзауэ 2002 гъэм накъыгъэм и 5 пщIондэ «Ювик» ООО-м, 2002 гъэм накъыгъэм и 5-м щегъэжьауэ 2008 гъэм мэлыжьыхьым и 4 хъухункIэ Прохладнэ къалэм щыIэ «Дэрбзэр фабрикэ» ОАО-м и унафэщIащ. КъыкIэлъыкIуэ илъэсиплIым Прохладнэ къалэ округым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэу щытащ. 2012 гъэм фокIадэм и 9-м къыщыщIэдзауэ 2013 гъэм мэкъуауэгъуэм и 6 пщIондэ «Iуэху зезыхьэ Урысей» ООО-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и унафэщIщ. КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28856.txt" }
Брамси Вебери Налшык и къэрал киноконцерт гъэлъэгъуапIэм мэкъуауэгъуэм и 21-м щекIуэкIынущ КъБР-м и къэрал филармонием и симфоние оркестрым и концерт. Дирижерыр — Урысейм и цIыхубэ артист Темыркъан Борисщ. КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен и жэрдэмкIэ, 2012 гъэм республикэм и симфоние оркестрым макъамэ IэмэпсымэщIэхэр къыхуащэхуащ. Ахэр къыхахынымкIэ къадэIэпыкъуащ Темыркъан Юрэ зи художественнэ унафэщI, Санкт-Петербург къэрал филармонием и унафэщIхэр. Темыркъан Юрэ и цIэкIэ къызэрагъэпэща симфоние музыкэм и фестивалым хэту КъБР-м и къэрал филармонием и симфоние оркестрым итыну кIэух концертым и программэм хагъэхьащ дунейпсо классикэм щыщхэри. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, цIыхухэм фIыуэ ялъэгъуа Брамсрэ Веберрэ. Республикэм и мащIэкъым жанр зэмылIэужьыгъуэхэм щыщ художественнэ макъамэхэр. Аращ республикэм и музыкэ гъуазджэр егъэфIэкIуэным, абы зегъэужьыным теухуауэ КъБР-м и Iэтащхьэм хузэфIэкI псори щIилэжьыр. КъыкIэлъыкIуэну театр-концерт лъэхъэнэм ирихьэлIэу Темыркъан Юрэ и щIыхькIэ къызэрагъэпэщынущ симфоние музыкэм и етIуанэ фестиваль. Гу зылъытапхъэ: Концертыр пщIэншэщ. ЩыщIидзэр сыхьэт 18.00-рщ. КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэ
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28858.txt" }
Нобэ Гидрографием и дунейпсо махуэщ. Гидрографиер хыхэм, тенджызхэм, псыхэм я инагъыр къэзыхутэ, я щытыкIэм кIэлъыплъ щIэныгъэщ. Шэрхъ зыщIэт пхъэбгъу кIапIэмкIэ (скейтборд ) къэзыжыхьхэм я дунейпсо махуэщ Урысейм и МВД-м хьэ гъэсахэр къыщагъэсэбэп и IэнатIэм и махуэщ Илъэсым махуэр щынэхъ кIыхь, жэщыр щынэхъ кIэщI дыдэщ. 1925 гъэм Москва и уэрамхэм япэ таксихэр къыдыхьащ. Экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, АКъУ-м и профессор, РАЕН-м и член-корреспондент Къуий Iэмырбий и ныбжьыр илъэс 57-рэ ирокъу. УсакIуэ, публицист, «Iуащхьэмахуэ» журналым и редактор нэхъыщхьэ Мыкъуэжь Анатолэ и ныбжьыр илъэс 57-рэ ирокъу. Москва къалэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр зыгъэзащIэ Собянин Сергей и ныбжьыр илъэс 55-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 20 — 22-рэ, жэщым градус 15 — 17 щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28860.txt" }
«Щиху цIыкIум» ирегъэблагъэ Май куейм щыIэ «Щиху цIыкIу» сабий лагерым и бжэхэр яхузэIуихащ абы зыщыгъэпсэхуну япэ гупым. АбыкIэ хъыбар дигъэщIащ щIыпIэ пресс-IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ Юрченкэ Наталье. Зыгъэпсэхугъэ лъэхъэнэр къызэрызэIуахым хуэгъэпса гуфIэгъуэ зэIущIэ щекIуэкIащ лагерым. Абы и утышхуэм екIуу щеувэкIа сабий гупиплIым, абыхэм я гъэсакIуэхэмрэ пашэхэмрэ ехъуэхъуну «Щиху цIыкIум» къахуеблэгъат щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Полиенкэ Ольгэ, егъэджэныгъэмкIэ куей IэнатIэм, курыт школхэм я лIыкIуэхэр. Псалъэ гуапэ куэд цIыкIухэм яжриIащ лагерым и унафэщI Головатовэ Людмилэ. IуэхущIапIэм и псэу зэрыщытыр кърагъэкIыу, цIыкIухэм абы иратащ тхылъымпIэм къыхэщIыкIа гушхуэ. Апхуэдэ тыгъэ хьэлэмэтхэр хуащIащ лагерым и медицинэ лэжьакIуэхэм, пщафIэхэм, гупхэм я пашэхэмрэ гъэсакIуэхэмрэ. Гъунэгъу щIыпIэхэм щыIэ сабийхэр я ныбжьэгъу хъун папщIэ, «Щиху цIыкIум» мы гъэм кърагъэблэгъащ Прохладнэ, Тэрч куейхэм щыпсэу сабийхэри. Абыхэм зэгъусэу загъэпсэхунущ, я нэгу зрагъэужьынущ. Тэрч щIыналъэм къикIа «НыбжьыщIэ» сабий гупым хэтщ Дей спорт школым и гъэсэн цIыкIухэр. Абыхэм я гъэсакIуэ Къазий Сергей зэрыжиIэмкIэ, сабийхэр куэд щIауэ щIэхъуэпсырт зи хъыбарыфI куэд зэхах «Щиху цIыкIу» лагерым щыIэну. Иджы абыхэм я хъуэпсапIэр нахуапIэ хъуащ икIи гукъыдэжышхуэ яIэу загъэпсэхунущ. Прохладнэ куейм къикIахэми ягурэ я псэрэ щагъэтIылъащ «Щиху цIыкIум». Омельченкэ Назар зэрыжиIэмкIэ, абы ныбжьэгъухэр къыщигъуэтакIэщ лагерым, зыгъэпсэхупIэм ихъуреягъкIэ узыIуплъэ щIыуэпсри, цIыкIухэри, гъэсакIуэхэри — псори игу ирохь. Абы и псалъэм пищэу Зайцев Олеги жеIэ щхъуантIагъэм къыхэплъ, краскэ щхъуэкIэплъыкIэхэмкIэ зэхэлыкIа я псэупIэ унэ цIыкIухэр гунэс зэрыщыхъуар, абыхэм ущIэсыну зэрытыншыр. «Щиху цIыкIум» и япэ лэжьэгъуэ махуэр концерт гъэщIэгъуэнкIэ ягъэдэ- хащ «Урысей» ЩэнхабзэмкIэ куей унэм и лэжьакIуэхэм. Абыхэм уэрэдхэр жаIащ, лъэпкъ къафэ зэмылIэужьыгъуэхэр ягъэзэщIащ. ТАМБИЙ Линэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28862.txt" }
Бюджет IэнатIэм лэжьапщIэм щыхагъахъуэ 2013 гъэм и япэ мазиплIым КъБР-м ику иту щат лэжьапщIэр 16950-м нэсащ. Нэгъабэ и апхуэдэ зэманым елъытауэ ар процент 13,6-кIэ нэхъыбэщ. ЩэхуакIуэ уасэхэм зэрыхэхъуар къэплъытэмэ, цIыхухэм къаIэрыхьэ ахъшэм иджы проценти 3,9-кIэ нэхъыбэ къыщIокI. КъБР-м Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм социальнэ IэнатIэмкIэ и къудамэм и унафэщI Индрокъуэ Маргаритэ къызэрыджиIамкIэ, нэхъ псынщIэу лэжьапщIэр бюджетым и IэнатIэм щыхэхъуащ: егъэджэныгъэм ар процент 30,7-кIэ нэхъыбэ щыхъуащ икIи сом 14435-м щынэсащ. ЕгъэджакIуэхэм къалэжьыр иджы ику иту республикэм щат улахуэм щIегъу (сом 19500-рэ). Узыншагъэр хъумэным и лэжьакIуэхэм я улахуэри процент 28-кIэ хэхъуащ икIи а лъэхъэнэм ику иту сом 12241-м (республикэм щат курыт лэжьапщIэм и процент 72-м) нэсащ. Нэхъ зэпкърыхауэ жыпIэмэ, дохутырхэм процент 33,3-кIэ, курыт медицинэ лэжьакIуэхэм процент 27,8-кIэ, медицинэ лэжьакIуэ нэхъыщIэхэм процент 29,4-кIэ нэхъыбэ къаIэрыхьэ хъуащ. А псори щыхьэт тохъуэ «Социальнэ политикэр пхыгъэкIынымкIэ лэжьыпхъэхэм я IуэхукIэ» Урысей Федерацэм и Президентым къыдигъэкIауэ щыта Указыр ди республикэм ехъулIэныгъэкIэ зэрыщагъэзащIэм. Къэрэшей Элеонорэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28864.txt" }
ПщIэшхуэ зиIэ IэщIагъэ КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен иджыблагъэ яIущIащ республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэм и лэжьакIуэхэм. ЗэIущIэм хэтащ республикэм и Правительствэм и УнафэщI Хьэсанэ Руслан, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Къуэшрокъуэ Залым, узыншагъэр хъумэнымрэ курортхэмкIэ министр Шэт Ирмэ сымэ. ЗэIущIэр къызэIуихри, республикэ Iэтащхьэр къызэхуэсахэм ехъуэхъуащ я махуэшхуэ блэкIамкIэ. «Дохутыр IэщIагъэм хуэдэу пщIэшхуэ зыхуэфащэ щыIэкъым, — жиIащ Къанокъуэ Арсен. — А IэщIагъэм пэрытхэрщ цIыхум нэхъ лъапIэ дыдэу иIэ узыншагъэр дзыхь зыхуащIыр. Сынывохъуэхъу фызиплъыр узыншагъэм фэ езыр фыщымыщIэу ехъулIэныгъэ, зэIузэпэщыгъэ фиIэу фи гъащIэр ефхьэкIыну». АдэкIэ Къанокъуэ Арсен зэIущIэм кърихьэлIахэм ягу къигъэкIыжащ иджыблагъэ екIуэкIа «КъБР-м и Iэтащхьэм еупщI» программэм и зи чэзу къыдэкIыгъуэр узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэр къэгъэщIэрэщIэжынымкIэ программэр гъэзэщIа зэрыхъум, абы щекIуэкI зыужьыныгъэхэр зыхуэдэм теухуауэ зэрыщытар. ИрагъэкIуэкIа социальнэ щIэупщIэныгъэхэм къарикIуахэм тепщIыхьмэ, ди цIыхухэм я процент 85-м къалъытэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэхэр егъэфIэкIуэныр республикэ унафэщIхэм къапэщылъ къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщ зыуэ. Къанокъуэ Арсен кIэщIу къытеувыIащ нобэ узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэм щызыIэрагъэхьа ехъулIэныгъэхэм, адэкIэ зэман гъунэгъум къапэщылъ къалэнхэмрэ я мурадхэмрэ зыхуэдэм. — Мы IэнатIэр гулъытэ нэхъыбэ зыхуэтщIын хуейхэм ящыщщ, — жиIащ Къанокъуэ Арсен. — Ар егъэфIэкIуэным хуэунэтIа программэ щхьэхуэхэр зэхэлъхьауэ щыIэщ. КъищынэмыщIауэ, 2020 гъэм нэсыху узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэм зэрызиужьыну къэрал программэм и проектыр хьэзырщ. Ахэр тэмэму гъэзэщIа хъумэ, республикэм узыншагъэр хъумэн и IэнатIэм зытхуегъэужьынущ. Республикэ бюджетым къыхэкIа мылъкукIэ медицинэ IуэхущIапIэу 26-м зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр щекIуэкIащ, иджырей IэмэпсымэщIэхэмкIэ нэсу къызэрагъэпэщащ. Нобэ республикэм щIэуэ кърагъэжьауэ медицинэ IуэхущIапIэу 18 щаухуэ. Республикэ клиникэ сымаджэщым хэту мыгувэу къызэIуахынущ Лъынтхуэхэм щеIэзэ центр, абы и къудамэ щыIэнущ Прохладнэ къалэми. Лэскэн районым хыхьэ Анзорей къуажэм дащIыхь сымаджэщри и кIэм нагъэблэгъащ. Лышх узым щеIэзэ, Перинатальнэ центрхэр яухуэнущ иджырей мардэхэм тету икIи ахэр сыт и лъэныкъуэкIи зыхуэныкъуэну IэмэпсымэхэмкIэ нэсу къызэгъэпэщауэ щытынущ. Ди гугъэщ зэман гъунэгъум диализ центрхэр республикэм и районитIым къыщызэIутхыну. Абыхэм екIуалIэ сымаджэхэм дежкIэ къалащхьэм нэс къыдэкIуеиныр зэрымытыншыр псоми къыдгуроIуэ, абы къыхэкIыу а Iуэхум пыщIа гугъуехьыр нэхъ псынщIэу зэращхьэщытхыным дыхущIэкъупхъэщ. Республикэ унафэщIыр къытеувыIащ «Къуажэ дохутыр» программэр зэрылажьэм, абы ипкъ иткIэ IэнатIэ пэрыува IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэр Iуэхум зэрехъулIэм министрым и деж щыщIэупщIащ. — А программэмкIэ ныбжьыщIи 136-рэ IэнатIэкIэ къызэгъэпэща хъуащ, — жиIащ Шэт Ирмэ. — Iуэхум трагъэгушхуэу, псэупIэкIэ къызэрагъэпэщын папщIэ абыхэм ирата ахъшэр нэхъыбэм къагъэсэбэпащ. Нэхъыщхьэращи, а Iуэхум и фIыгъэкIэ къуажэ пхыдзахэми зыхуэныкъуэ дохутырхэр яIэ хъуащ. Мы илъэсми абы къыпытщэну ди гугъэщ. ИджыпстукIэ къуажэхэм щылажьэ медицинэ IуэхущIапIэхэм кIуэну жэрдэм зыщIа IэщIагъэлI ныбжьыщIэу 44-рэ щыIэщ. — Узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэм зиужьыныр, цIыхухэм ягъуэт медицинэ Iуэхутхьэбзэхэр егъэфIэкIуэныр куэдкIэ елъытащ IэщIагъэлIхэм я Iэзагъэм, зэфIэкIым, — къыпищащ псалъэмакъым республикэм и Iэтащхьэм. — ЩыIэщ зи IэнатIэм есэжахэр, зи пщэрылъыр къызыфIэмыIуэху хъуахэр, апхуэдэхэр Iэмал имыIэу зэхъуэкIын хуейщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, псом япэу ахэращ лэжьыгъэр ипэкIэ кIуэтэнымкIэ зэран хъур. IэщIагъэлIыр сыт щыгъуи хущIэкъун хуейщ и зэфIэкIым зэрыхигъэхъуэным, мис итIанэщ ар зыпэрыт IэнатIэм щыхуэфащэр. АдэкIэ Къанокъуэ Арсен щIэупщIащ дохутырхэм я улахуэм хэгъэхъуэным теухуауэ УФ-м и Президентым накъыгъэ мазэм къыдигъэкIа унафэр гъэзэщIа зэрыхъум икIи къыхигъэщащ абы и лъэныкъуэкIи медицинэ лэжьакIуэ нэхъыщIэхэми лей къатехьэ зэрымыхъунур. — Медицинэ лэжьакIуэ псоми я улахуэм хэхъуэнущ, — жиIащ Шэт Ирмэ. — Республикэм и медицинэ IуэхущIапIэ псоми улахуэ зэратыр къыщытпщытэнущ, абы и лъэныкъуэкIэ щыIэ мардэхэм ткIийуэ тету ар зэраубзыхун хуейр дохутыр нэхъыщхьэхэм ягурыдгъэIуащ. НобэкIэ абыхэм я улахуэр Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и адрей хэгъуэгухэм ейхэм нэхърэ нэхъ лъахъшэкъым. Къапщтэмэ, Ставрополь крайм и медицинэ лэжьакIуэхэмрэ дыдейхэмрэ къахьыр зэхуэдэщ. Узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэр къэгъэщIэрэщIэжынымкIэ программэм и фIыгъэкIэ я IуэхущIапIэхэм щыIэ гугъуехь куэд зэфIэха зэрыхъуам тепсэлъыхьащ Аллергологие, Кардиологие центрхэм я дохутыр нэхъыщхьэхэу Хутуевэ Светланэрэ Щэрдан Нодаррэ. — Республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэр зэрыщефIакIуэр ди деж щынэрылъагъущ, — жиIащ Хутуевэ Светланэ. — Ар къэщIэрэщIэжынымкIэ щыIэ программэм и фIыгъэкIэ дэ дызыхуэныкъуэ Iэмэпсымэхэр къытIэрыхьащ, апхуэдэу центрым и поликлиникэмрэ и сымаджэщымрэ сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей хуэзэу зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр щедгъэкIуэкIащ. Сымаджэхэр шхынкIи хущхъуэкIи хъарзынэу къызэгъэпэщащ, ди лэжьакIуэхэращи, я улахуэмкIэ арэзыуэ я къалэныр нэсу ягъэзащIэ. Кардиологие центрым иIэ ехъулIэныгъэхэм къытеувыIащ Щэрдан Нодар. Абы и псалъэхэм къызэрыхэщамкIэ, операцэ хьэлъэхэр зэращIын IэмэпсымэфIхэр яIэщ, зыгуэркIэ сымаджэхэр къалэшхуэхэм щыIэ медицинэ центрхэм егъэшэн хуей хъуми, гугъу демыхьу а Iуэхури зэфIагъэкI, квотэхэр яIэщи. — Ди Iуэхур тэмэму зэтеублауэ щытынымкIэ мылъкукIэ дэIэпыкъуэгъу къытхуэхъу цIыхухэр щыIэщ, — жиIащ Щэрданым. — Абыхэм я цIэхэр къитIуэу яфIэфIыщэкъым, ауэ сымаджэщым и зыужьыныгъэм ягуми я псэми къабгъэдэкIыу хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуащIым папщIэ фIыщIэ яхудощI. Абы пэджэжу республикэм и Iэтащхьэм къыхигъэщащ апхуэдэ псапащIэхэм, адрейхэм щапхъэ трахын папщIэ, я цIэхэр нэхъ ину гъэIун зэрыхуейр, уеблэмэ сымаджэщ щIыхьэпIэм и деж «МылъкукIэ зыкъытщIэзыгъакъуэхэр» жиIэу я цIэ-унэцIэхэр къэгъэлъэгъуапхъэу. — Сэ лэжьыгъэ IуэхукIэ щIэх-щIэхыурэ районхэм сокIуэ, — жиIащ Къанокъуэ Арсен. — Апхуэдэхэм деж сыт щыгъуи сымаджэщхэм я щытыкIэр зызогъэлъагъу. Яхэтщ абыхэм фIыи Iеи. Сэ сызэреплъымкIэ, сымаджэщым и щытыкIэм къегъэлъагъуэ районым и «напэр» зыхуэдэр. Гугъуехь диIэкъым жыпIэу, ар щIэпхъумэу ущыскIэ, бзыщIаи хъунукъым, Iуэхури кIуэтэнукъым. Ар утыку къихьауэ зэфIэхын хуейщ. Фэ, дохутыр нэхъыщхьэхэр, фыхущIэкъупхъэщ фи унэтIыныгъэм щIэуэ къыхыхьэ псоми зэрызыщывгъэгъуэзэным. Фи нэIэ щIэтхэм я деж щапхъэу фыщыщытын хуейщ. ЩхьэщэмыщI Изэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28866.txt" }
Зыгъэпсэхугъуэ махуэм Шхыныгъуэхэр ДжэдыкIэжьапхъэ, бжьын, бжьыныху, шыбжий сыр щIэгъэжьыхьауэ Тхъу къэплъам бжьын упщIэта, бжьыныху халъхьэри, зэIащIэурэ ягъэлыбжьэ. Тхъуэплъ хъууэ зэрыхуежьэу, тыкъыр цIыкIуурэ упщIэта шыбжий сыр халъхьэри, зэIащIэурэ ягъажьэ. ЗэрызэIащIэм хуэдэурэ, шыгъу зыхэдза джэдыкIэ удар щIакIэри, лъэны- къуитIымкIи зэрагъэдзэ- кIыурэ, тхъуэплъ дахэ хъуху ягъажьэ. Iыхьэурэ зэпаупщIри, Iэнэм пщтыру трагъэувэ. Дашх пIастэ хуабэ, щIакхъуэ. Халъхьэхэр (цIыхуитI Iыхьэ): Тхъууэ — грамми 100 Бжьыныщхьэ укъэбзауэ — грамм 50 Бжьыныху укъэбзауэ — грамм 15 Шыбжийуэ — грамми 2 ДжэдыкIэу — 4 Шыгъуу — узыхуейм хуэдиз. Къубатий Борис. Гъуазджэ Адыгэхэр Берлин къыщофэ Берлин гъэ къэс щекIуэкI, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм я щэнхабзэ карнавалым цIыху мелуаным нэс зэхуешэс. 2013 гъэм дэри — Берлин щылажьэ Адыгэ Хасэр — абы дыхэтыну мурад тщIыри, нэрыбгэ 45-рэ хъу ди гупым лъэпкъ щэнхабзэр утыку къитхьащ. Дэ къалэну зыхуэдгъэувыжат карнавалым дызэрыхэтыну адыгэ фащэхэр е ди тхыпхъэщIыпхъэхэр къызытещ фэилъхьэгъуэхэр едгъэдыну. Мазэ зыбжанэ иIэжу щIэддзэри, ди мурадыр зэдгъэхъулIащ — ди Хасэм и фащэхэр щIалэгъуалэм зыщатIэгъащ, дыжьын бгырыпххэр едгъэщIащ, адыгэ джанэхэр едгъэдащ. КIэщIу жыпIэмэ, дахэу зыкъэтхуэпащ. фестивалым фащэ зыщымыгъ хэт мыхъуну къэтщта унафэм кърикIуар ТВ-мкIэ къагъэлъэгъуэжа нэтынхэмкIэ тлъагъужащ. Щапхъэу къэсхьынщ ALEX-TV-м дыкъызэритар: «… я дуней тетыкIэм, я Iэпкълъэпкъ зэкIужым, я къэфэкIэм, я фащэхэм къагъэлъагъуэрт адыгэ лъэпкъым уэркъ теплъэ зэриIэр». Ди лъэпкъыр зищIысымрэ ди щэнхабзэм, хабзэм лъабжьэ яхуэхъумрэ кIэщIу зэрыт тхыгъэ цIыкIухэр мини 5 хъууэ тредгъадзэри, а махуэм дгуэшащ, телевиденэми интервью еттащ, дыкъэзымыцIыхуу къытщIэупщIа Iэджэми дызэрыадыгэр, шэрджэскIэ зэджэр дызэрыарар яжетIащ, радиом, телевиденэм, Интернетым я Iэмалхэр къэдгъэ- сэбэпурэ, цIыху мелуан бжыгъэм далъэIэсащ, закъедгъэлъэгъуащ. Куэд къыдбгъэдыхьэрт а махуэм ди къафэр яфIэгъэщIэгъуэну, ди фащэхэм я пкъыгъуэхэм къарыкIым щIэупщIэу, ди пшыналъэхэм я нотэхэр зрагъэщIэну хуейуэ. Карнавалыр Iэмал тхуэхъуащ лъэпкъ зэмыщхьхэм я щэнхабзэ дунейм дэри дыхыхьэну, ди адыгагъэмрэ хабзэмрэ щыдгъэлъэгъуэну. Ди гупым хэтащ Кёльн, Мюнхен, Дюссельдорф, Ганновер, Любек, Лион къалэхэм къикIа ди шыпхъу- ди къуэшхэр. Апхуэдэ IуэхуфIыр я фIыщIэщ Берлин Хасэм и жэрдэмым къыпэджэжа, зыкърахыу, адыгэ теплъэ яIэу фестивалым къекIуэлIа псоми, ар екIуу къызэгъэпэщынымкIэ къыддэIэпыкъуахэми. Аращи, дызэкъуэтмэ — дылъэщщ! Къумыкъу Уэхьбий. Берлин къалэ ГушыIэхэр Деджэрэ хьэмэрэ… Студент гупыр пщэдджыжьым къэушащ: — Зэманыр нэсащ, еджапIэм дывгъакIуэ, — жеIэ япэ курсым щIэс щIалэм. — Хьэуэ, тIэкIу дывгъэжеи нэхъыфIщ, — жи, етIуанэ курсым щеджэм. — Нобэ дымыкIуэмэ мынэхъыфIу пIэрэ? — къыхелъхьэ ещанэ курсым щIэс щIалэм. — Нобэ ди нэгу зедгъэужьынщ, — жи еплIанэ курсым щIэсым. Апхуэдэу зэрызэдауэр етхуанэ курсым щIэсым зэхиха нэужь, студентхэм яжриIащ: — КIэпIейкIэ дыдодзейри, бгъэр къыдэгъэзеяуэ техуэмэ, нобэ еджапIэ дыкIуэркъым, адрей лъэныкъуэр къыдэгъэзеямэ — ди нэгу зыдогъэужь, бгъукIэ увмэ — дыжеинущ, къемыхуэхыжу хьэуам къыхэнэмэ — еджапIэм дыкIуэнущ. Ар сызыхуей дыдэщ Студентым къищта фэтэрым ахъшэ щритын хуей пIалъэр блигъэкIащ. — И уасэр къызумытауэ мы унэм ущIэзгъэкIынукъым, — жи, фэтэрыр зейм. — ФIыщIэ пхузощI, ар сызыхуей дыдэщ, — ет жэуап студентым. Гу зылъытапхъэ «Iуащхьэмахуэ кIуэ гъуэгу» Апхуэдэ фIэщыгъэ зиIэ егъэджэныгъэ-дунейхэгъуазэ программэ хьэлэмэт утыку кърахьащ Дунейпсо Адыгэ Хасэмрэ Къэбэрдей Адыгэ Хасэмрэ. Абы и мурадыр Къэбэрдей-Балъкъэрым и географие, щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэм, тхыдэ, щIэныгъэ-техникэ лъапIэныгъэхэм цIыхухэр щыгъуазэ хуэщIынырщ, абыхэм ятеухуа щIэныгъэ етынырщ. Къалэныр — ди щIыналъэм экономикэкIэ и зэфIэкIыр зыхуэдэр, политикэ IуэхухэмкIи зэрызэпIэзэрытыр, адыгэхэм игъащIэми къадекIуэкI лъэпкъ хабзэ дахэхэр наIуэ къэщIынырщ. МахуитхукIэ екIуэкIыну траухуа нэгузыжь программэр ятещIыхьащ илъэс 14 — 20-хэм ит ныбжьыщIэхэм. Абыхэм зыщрагъэплъыхьынущ «Кавказ щыгъэм и налкъутитху» зыфIаща гъуэгум. Абы хеубыдэ: — Налшык къалэ щыгъуазэ зыхуэщIыныр; — ХьэтIохъущокъуэм и цIэр зезыхьэ Налшык къалэ жыг хадэм зыщыплъыхьыныр; — Высоцкий Владимир и музейм кIуэныр; — Iуащхьэмахуэ лъапэ щыIэ «Мир» бгы лъагэ обсерваторэм и лэжьыгъэм щыгъуазэ зыхуэщIыныр; — Нарзанхэм я аузым щыIэ псы хущхъуэ къыщIэжыпIэм щыхьэщIэныр. Егъэджэныгъэ-дунейхэгъуазэ программэр зи лъабжьэ нэгузыужьым тхьэмахуэ къэс бэрэжьейм щIедзэри махуитхукIэ йокIуэкI. Махуитхум щыщу дэтхэнэри гъэнщIащ Iуэхугъуэ купщIафIэхэмкIэ, гъэщIэгъуэнхэмкIэ, хьэлэмэтхэмкIэ. Бэрэжьей махуэр хухэхащ Налшык къалэ зыщыплъыхьыным. Нэгузыужьым хэта псори пщыхьэщхьэм ирагъэблэгъэнущ «ПщIантIэжь» хьэщIэщым. Абыхэм къыхуащтэнущ адыгэ, европей шхыныгъуэхэмкIэ къулей Iэнэхэр, уэрэдхэм ирагъэдэIуэнущ, хьэщIэщым и Iэгъуэблагъэм зыщрагъэплъыхьынущ. ИужькIэ хьэщIэхэм папщIэ адыгэ джэгу зэхашэнущ. Махуэку махуэм гупым я нэгу зыщрагъэужьынущ ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм. ИужькIэ ахэр ирагъэблэгъэнущ адыгэ фащэхэр дынымкIэ зэфIэкIышхуэ зыбгъэдэлъ Сэралъп Мадинэ и IуэхущIапIэм, «Сосрыкъуэ» зыплъыхьыпIэм, Лъэпкъ музейм. Пщыхьэщхьэм хьэщIэхэм Iэнэ къыщыхуащтэнущ «Кавказ гъэр» литературэ кафем и пэшхэу «Нэгумэ Шорэ», «Пушкин», «Лермонтов», «Хъан-Джэрий», «Пщы гуащэм и унэ» жыхуиIэхэм. Абы къыкIэлъыкIуэнущ «Хэкупсэ дерс» купщIафIэр. Мэрем махуэм хьэщIэхэр яшэнущ «Акрополь-центрым». Ахэр щыгъуазэ хуащIынущ адыгэ сурэтыщI цIэрыIуэ Шемякин-Къардэн Михаил и лэжьыгъэхэм, ар илъэс 70 щрикъум ирихьэлIэу къызэрагъэпэщауэ щыта гъэлъэгъуэныгъэм, «Шемякин и гъатхэ» фестивалым щыщ Iыхьэхэм ирагъэплъынущ. ИужькIэ гупыр яшэнущ Iуащхьэмахуэ лъапэ щыIэ «Иткол» пансионатым, Высоцкий Владимир и цIэр зезыхьэ музейм кIуэнущ, «Пшэ адрыщIхэм» макъамэ программэм хэтынущ. Щэбэт махуэм гупыр Iуащхьэмахуэ (метр 5642-кIэ) дэкIуеинущ кIапсэ гъуэгукIэ. ЛъэрыжэкIэ кърагъэжыхьынущ ар зыфIэфIхэм. А Iуэхугъуэхэм къыкIэлъыкIуэу, хьэщIэхэм щыгъуазэ зыхуащIынущ Iуащхьэмахуэ лъапэ щыIэ «Мир» бгы лъагэ обсерваторэм и лэжьыгъэм, «Чегет» щIыпIэм зыщаплъыхьынущ. Пщыхьэщхьэм гупым папщIэ къызэрагъэпэщынущ «Зэныбжьэгъугъэм и удз Iэрамэ» концертыр, «Къафэ, Кавказ!» джэгур. Тхьэмахуэм гупыр яшэнущ Нарзанхэм я аузым щыIэ псы хущхъуэ къыщIэжыпIэм. Ахэр абдеж псы щефэнущ, зыщаплъыхьынущ. Гупыр и псэупIэрэ шхынкIэ къызэгъэпэща зэрыхъунур: — бэрэжьейм шэджагъуашхэрэ пщыхьэщхьэшхэрэ щрагъэщIынущ Налшык дэт «ПщIантIэжь» хьэщIэщым; — махуэкум пщэдджыжьышхэр — «ПщIантIэжьым», шэджагъуашхэмрэ пщыхьэщхьэшхэмрэ «Кавказ гъэр» литературэ кафем щрагъэщIынущ; — мэремым пщэдджыжьышхэр — «ПщIантIэжьым», шэджагъуашхэр — «Акрополь-центрым», пщыхьэщхьэшхэр — Iуащхьэмахуэ лъапэ щыIэ «Иткол» пансионатым къыщыхузэрагъэпэщынущ; — щэбэтымрэ тхьэмахуэмрэ гупыр щагъэшхэнущ Iуащхьэмахуэ лъапэ щыIэ «Иткол» пансионатым. ХьэщIэхэр щыпсэунур цIыхуитI зыщIэхуэ пэшхэщ, зыхуеину тыншыгъуэ псори ягъуэту. «Iуащхьэмахуэ кIуэ гъуэгу» егъэджэныгъэ-дунейхэгъуазэ программэ хьэлэмэтым хэтыну хуейхэм зыпыфщIэ хъунущ Налшык къалэ щыпсэу Марыщ Розеттэ. Абы и телефонхэр: 8-928-721-45-32; 8-965-497-15-22; 8-918-725-63-96. Псалъэзэблэдз Хэку зауэшхуэм теухуауэ ЕкIуэкIыу: 5. «Сэ сщIэркъым зауэм никIыжу зи адэ унэм кIуэжынур, и … жыжьэу къилъагъуу, гуфIэгъуэ пэжкIэ къыIущIэу, IэплIэ къыхуищIу гуфIэнур» — КIыщокъуэ Алим итха «Сэ сщIэркъым зауэм никIыжу…» усэм щыщщ. 7. Адыгэм нэхъапэхэм къращIэкIыу щыта зауэхэм къыхэжаныкIыу къекIуэкIа зиусхьэн лъэпкъ. 9. Хэку зауэшхуэм и зэманым бийм къимыщтэфа къалэ-лIыхъужь. 10. Нартхэм я ныкъуэкъуэгъу лъэпкъ. 12. «Телъхьэ уанэр си … , уей, си шынэхъыщIэ, зауэм кIуэ жаIауэ, ТэрчкIэ соукъуэдий» — ХьэIупэ ДжэбрэIилрэ КIыщокъуэ Алимрэ яуса, Тут Заур игъэзащIэ уэрэд цIэрыIуэм щыщщ. 13. Президентыр зыукIыу, властыр зыубыда Пиночет илъэс куэдкIэ щытепщэу щыта къэрал. 15. Зеиншэ. 18. Хэку зауэшхуэм теухуауэ … телъыджэ куэд я Iэдакъэ къыщIэкIащ КIыщокъуэ Алим, Бицу Анатолэ, КIэщт Мухьэз, Къагъырмэс Борис, Балъкъыз Батий сымэ, нэгъуэщIхэми. 19. Абы тутын иракIутэри ирофэ. 20. Муслъымэн диным и хабзэхэм тетын, хуэлэжьэн хьисэпкIэ Сауд Хьэрып къэралыгъуэм кIуэуэ къикIыжа цIыху. 24. Хэку зауэшхуэм щыгъуэ зэгурыIуэныгъэ зращIылIэу фашистхэм япэщIэта къэралищым — СССР-м, США-м, Инджылызым я лIыщхьэхэр — Сталин, Рузвельт, Черчилль сымэ 1943 гъэм щызэхуэза къэрал. 26. Хэку зауэшхуэр сабийуэ зи нэгу щIэкIа тхакIуэ МафIэдз Сэрэбий и роман «Мыщэ …». 27. Бийр къыщыттеуэм, я … щIыналъэр яхъумэжыну фронтым дэкIащ цIыхухъухэм я нэхъыбапIэр. 28. Къыдалъхуауэ цIыхум и щIыфэм тет. 29. Ди лъэпкъэгъу, хэку зауэшхуэм связисту хэта, Совет Союзым и ЛIыхъужь. 32. Жыг лIэужьыгъуэ. 37. Зауэ зэманыр илъэс зыплIытху фIэкIа мыхъуу зи нэгу щIэкIа гъавэгъэкI, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь. 38. Iэщым ирагъэшх Iус. 41. Зауэ екIуэкIам теухуауэ КIыщокъуэ Алим итха поэмэ. 43. Хэку зауэшхуэм хэта нэхъыжьыфI куэдым яIэу щыта, ди къэралым и машинэ псынщIэ цIыкIу. 44. Зауэм Iут я бынхэм пэплъэурэ, … мащIэ щIагъэкIа анэхэм. 46. Адыгэ уэрэджыIакIуэ, Урысей Федерацэм и цIыхубэ артист. 47. Жэщыбгым псори зэбгрыкIыжащ, … и унэ бжэн лъакъуэу. 48. Бийм удынышхуэ щрадза къалэ-лIыхъужьым нобэ а цIэращ зэрихьэр. 49. Зи пхъафэр щхъуафэ-фIыцIафэ, псэуалъапхъэ къызыхах жыг лIэужьыгъуэ. 50. Ди лъэпкъэгъу, Совет Союзым и ЛIыхъужь. Къехыу: 1. Уэ … хэлъхьи, сэ берычэт ныхэслъхьэнщ. 2. Беларусым щыщ быдапIэ, къалэ-лIыхъужь. 3. ХъуаскIэ къызыхих мывэ быдэ. 4. Iэ тегъэщIапIэ зиIэ шэнт щабэ бгъуфIэ. 5. Хэку зауэшхуэм хэта, иужькIэ колхоз тхьэмадэу илъэс IэджэкIэ лэжьа, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь. 6. Къэрэшей-Шэрджэс щIыналъэм хиубыдэ псыежэх. 8. Кхъухьлъатэзехуэу щыта, Совет Союзым и ЛIыхъужь. 11. Хэку зауэшхуэм лIыгъэ щызезыхьа адыгэ офицер, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ. 14. Адыгэ таурыхъхэм узыщрихьэлIэ цIыху домбей. 16. Ди лъэпкъэгъу, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь. 17. Гъэш, псы зэфэн зэрызэрахьэ кумбыгъэ. 21. Зауэ зэманым щыIа дзэшхуэ, армэ зыбжанэ къызэщIиубыдэу. Апхуэдэхэм я унафэщIу щытахэщ маршалхэу Ворошилов, Конев, Василевский, Тимошенкэ сымэ, нэгъуэщIхэри. 22. Теплъэншэ, фэншэ. 23. Танкзехуэ хахуэу щыта ди лъэпкъэгъу, Совет Союзым и ЛIыхъужь. 25. « … къута» — зауэм теухуауэ КIыщокъуэ Алим и Iэдакъэ къыщIэкIа роман. 27. Адыгэ таурыхъхэм узыщрихьэлIэ шы лъэрызехьэ: икIи мэпсэлъэф, икIи мэлъэтэф. 30. Ди гъунэгъум пхъэщхьэмыщхьэ … хъуэпсэгъуэ иIэщ. 31. ГъукIэ Iэмэпсымэ. 33. IутIыж Борис и пьесэ. 34. Япэу зэрыIуплъэу щIалэм … щыхъуащ хъыджэбзыр. 35. Хэку зауэшхуэм хэкIуэда адыгэ усакIуэшхуэ, ЩоджэнцIыкIу Алий и романым хэт лIыхъужь. 36. Кхъухьлъатэзехуэу щыта адыгэлI, Совет Союзым и ЛIыхъужь. 39. Бийм и кхъухьлъатэу 60-м щIигъу къезыудыха урыс зауэлI, Совет Союзым щэнейрэ и лIыхъужь. 40. Совет Союзым и ЛIыхъужь зэкъуэшитI. 42. Дзэзешэ цIэрыIуэу щыта, маршал, Совет Союзым плIэнейрэ и ЛIыхъужь. 45. … зэхьэзэхуэм ди щIалэхэм бжьыпэр щаубыдащ. 47. Бийр къыщыблагъэм, къуажэдэсхэм я нэхъыбэр … ихьэжащ. Зэхэзыгъэувар Мыз Ахьмэдщ. Мэкъуауэгъуэм и 15-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр: ИхъуреягъкIэ къикIухьу: 13. Удж. 14. Джэду. 15. Уэрдыхъу. 16. Хъуп. 17. Пэрыт. 18. Тумэн. 19. Ныбжь. 20. Жьэгъу. 21. Гъуху. 22. Хур. 23. Румын. 24. Нып. 25. Пэшэж. 26. Жэп. 27. Пхъэпс. 28. Саут. 29. Тхьэгъу. 30. Гъум. 31. Мэл. 32. Лэгъупэжь. 33. Урыху. 34. Хуэм. 35. Мэлычыпхъу. 36. Хъун. 37. Нэд. 38. Дэлэн. 39. Нэрыгъ. 40. Гъаблэгу. 41. Гугъу. 42. Гъуэмбырэщ. 43. Щынэ. 44. Бзэгу. 45. Гуэн. 46. Нысэгъу. 47. Гъуэншэдж. 48. Джэд. 49. Дудакъ. 50. Къэхъун. 51. Хрущев. 52. Вэгъу. И кумкIэ кIуэуэ: 1. Хъудыр. 2. Адэмыгу. 3. Тэрч. 4. Лэгъуп. 5. Бжьэдыгъу. 6. Ерэн. 7. Епэр. 8. Бжаблэ. 9. КIэбгъу. 10. Щхьэм. 11. Тэрэзэ. 12. IупщIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28871.txt" }
МафIэ мыужьыхыр куэдрэ иреблэ! Хэку зауэшхуэр зэрыщIидзэрэ нобэ илъэс 72-рэ ирокъу ГукъэкIыж Ар псалъэ шынагъуэщ! «Зауэ» псалъэр сэ зэхэсхащ 1941 гъэм мэкъуауэгъуэм и 22-м. Гъэмахуэ жэщ къабзэт. Дэ, Борисовэ дэт Дзэ-инженер еджапIэм щIэсхэр, а зэманым дыщыIэт Архангельск къалэм пэмыжыжьэ Двина Ищхъэрэ псым и Iуфэм. Уэрэд жытIэрт, дыкъафэрт. Апхуэдэуи дыгъуэлъыжащ. Арати, пщэджыжьыпэм радиом къитхэр хъарпшэр хъуащ. Радиостанцым щыщ матрос гуэрым блэжрэ пэт къытIуридзащ: «Зауэ къэхъеящ! Нэмыцэхэм ди кхъухьхэр щIрагъэлъафэ!». Махуэм Молотовыр къэпсэлъа иужь Iуэхум и пэжыпIэр къэтщIащ. ЯжетIащ Хэкур тхъумэну псори дызэрыхьэзырыр. АрщхьэкIэ къытхуадакъым. «Хуей хъумэ, фэ псори фронтым фыкIуэнщ!» — пиупщIащ комбатым. Зауэр щIидзэным и пэ къихуэуи дэ къыдгурыIуэрт зыр адрейм темыуэным теухуа зэгурыIуэныгъэ 1939 гъэм Германием ирищIылIа пэтми, ар дэ къызэрыдэбгъэрыкIуэнур. Абы шэч гуэри къытетхьэртэкъым. Дызыхуаущийр хуабжьу егугъуу зыдгъэсэнырт. Дэри, совет хэкупсэ ныбжьыщIэхэр, дыхьэзырт фIыуэ тлъагъу ди Хэкум и щхьэхуитыныгъэм ди псэр щIэттыну. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, СССР-р хунэсакъым къыпэплъэ зауэшхуэм зыхуигъэхьэзырыну. «Т-34» танкхэр, кхъухьлъатэ зэмылIэужьыгъуэхэр, «Катюшэхэр», н. къ. къыдагъэкIын щыщIадзар 1941 гъэрщ. Мазэ зыщыплI яхурикъужакъым… Дэ, курсантхэм, автоматхэр япэу щытлъэгъуар фронтрат. Ди къэралым и Iэтащхьэхэр, Iэмалу щыIэр къагъэсэбэпурэ, сыт щыгъуи хущIэкъуащ зауэр къыщыхъеину зэманыр IуагъэкIуэтыну. Совет зауэлIхэм унафэ хуащIат нэмыцэхэм я хьэгъэщагъэхэм жэуап ирамытыну. Германиер къыттегуплIэрт. Уеблэмэ нэмыцэхэм я кхъухьлъатэхэр ди деж къыщыщагъэтIыс къэхъурт, гъуэщауэ фэ зытрагъауэурэ. Мис а псоми я зэранкIэ пщэдджыжьым сыхьэтиплI мыхъу щIыкIэ бийм Iэмал игъуэтащ Киев, Севастополь, нэгъуэщI къалэхэм удын яридзын. Апхуэдэ хьэкIэкхъуэкIагъэм къигъэлыбащ совет къэралым и цIыху псори. ФIыуэ ялъагъу я Хэкур яхъумэну зэрыхуейр мелуанхэм жаIащ. Дэнэ щIыпIи щекIуэкIащ цIыху куэд дыдэ зыхэта пэкIухэр. Къызэхуэсахэм гуитIщхьитIыгъэ хэмылъу ягъэнэIуащ фронтым кIуэну зэрыхьэзырыр. Псалъэм папщIэ, къэбэрдей-Балъкъэр педагогикэ институтым и егъэджакIуэ зыбжанэрэ студент 400-м нэблагъэрэ зауэм ягъэкIуэну лъэIуащ. ЦIыхубзхэр Iууващ цIыхухъухэм я лэжьапIэ IэнатIэхэм. Балигъ ныкъуэхъухэри, уеблэмэ сабийхэри Iуэхум хыхьащ. Псоми я гуращэр зыт — бийр зэтракъутэнырт. Полищук Иван, Налшык къалэм щIыхь зиIэ и цIыху, зауэм и ветеран. Дэ къытхуатх Лейтенант нэхъыжь Хьэщыкъуей Къасым Хэку зауэшхуэм щыщIидзам Хьэщыкъуей Къасым лейтенантт, танкхэр зэзыгъэпэщыж взводым и унафэщIт. Къулыкьу щищIэрт Житомир къалэм пэмыжыжьэу. Танк куэдым дерт зэмылIэужьыгъуэхэр яIэт. Мэкъуауэгъуэм и 22-м и ужькIэ абыхэм елэжьу щIадзащ жэщи махуи емытIысэхыу. Ягъэхьэзырыжа машинэхэр занщIэу фронтым Iуашэрт мафIэгукIэ. ЗэуапIэм Iухьэн хуей хъуащ Хьэщыкъуейм и гупри. Къалэныр къызэрыгуэкIт: танк къутахэр псынщIэ дыдэу «зэфIагъэувэжын» хуейуэ арат, ауэ ар лэжьыгъэ гугъут, пкъралъхьэнухэр зэрамыIэм къыхэкIыу. Зэпымыууэ къалъыхъуэн хуейт хэкIыпIэхэр. ИкIи, телъыджэращи, къагъуэтырт. Псом хуэмыдэу нэхъ зэлIалIэр танк лъэгурт. Ауэрэ зрагъэсащ гусеницэхэр къуажэхэм къыщащыпа гъущIыкIэхэмкIэ зэрагъэубыдыжу. 1941 — 1942 гъэхэр псом хуэмыдэу хьэлъащ. КъарукIэ къефIэкI фашистхэм кърагъэкIуэт зэпытт. Ди зауэлIхэр зэтезыIыгъэр икIэм-икIэжым текIуэныгъэр къызэрахьынумкIэ яхэль фIэщхъуныгъэм и закъуэт. 1942 гъэм и гъэмахуэм Хьэщыкъуейм лIыгъэшхуэ зэрихьащ. Пщыхьэщхьэм ирихьэлIэу бийм иубыдыжыфат ипэIуэкIэ ди зауэлIхэм хуит къащIыжа Выселки къуажэр. Зэхэуэр щекIуэкIым, ди зы танк силос зралъхьэ мащэм ихуащ. Нэмыцэхэм ар ялъэгъуакъым. Танкым иса цIыхуищым щыщу зыри къикIакъым. А танкым и унафэщIт лейтенант Щадыр — Хьэщыкъуейм и лъэпкъэгъуу частым хэт закъуэр. Къасым занщIэу полковникым и деж кIуащ. — Хуит сыщI танкыр къэсхужыну. Абы исхэр псэуми тщIэркъым. КъедгъэлынкIи хъунщ! Полковникым хуит къищIащ. Жэщыкум Къасым нэсащ а щIыпIэм. ТIур хьэдэт, лейтенант Щадыр укъимыщIэу уIэгъэ хьэлъэт. Хьэщыкъуейм хузэфIэкIащ моторыр щIигъэнэн. Арати, танкыр фашистхэм я пащхьэм къригъэкIри ди деж къигъэсыжащ, Щадри къелащ. Къасым абы папщIэ медаль къыхуагъэфэщауэ щытащ. Къасым куэдрэ псэзэпылъхьэпIэ ихуащ. Одер псым щызэпрыкIым, и щхьэм фэбжь игъуэтащ, лагъым къутахуэ къытехуэри. УIэгъэщым и дохутырхэм дзыхь ящIакъым а къутахуэр и щхьэм къыхахыжын: къупщхьэм куууэ хыхьат. Арати, и гъащIэ псокIэ а къутахуэр и щхьэм хэлъащ. Къасым лейтенант нэхъыжьу зауэр иухащ, 1946 гъэм Щхьэлыкъуэ къэкIуэжащ. Ныкъуэдыкъуэми, хузэфIэкIыхукIэ лэжьащ, и щхьэгъусэмрэ езымрэ пхъуитI япIащ. Ар хунэсащ и пхъурылъхухэри илъагъуну. Коммодов Геннадий. Сталинград фашистхэм зэтракъутащ.1943 гъэ Фэеплъ Дэтхэнэ зыми Илъэс 71-рэ и пэкIэ, 1942 гъэм, бадзэуэгъуэм и 29-м, СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и президиумым и унафэкIэ Суворовым, Кутузовым, Невскэм я орденхэр ягъэувауэ щытащ. Зэманыр макIуэ, ауэ ди лIыхъужьхэр ящыгъупщэркъым. А дзэзешэ цIэрыIуэхэм я цIэхэм епхащ Хэкум и бийм пэщIэткIэрэ зыIэрагъэхьа ди текIуэныгъэхэр. Орденхэр яубзыхуащ урыс Iэщэм и щIыхьыр нэхъри гъэбэгъуэным, лIыхъужьыгъэмрэ хахуагъэмрэ я щапхъэхэм ди цIыхухэр тетыным, ахэр гъуазэу яIэным къыхуеджэн мурадкIэ. Невский Александр и орденыр щаубзыхуар адрей тIум яужьщ. Ар зауэ Iуэхугъуэхэр къызэгъэпэщыным, абы унафэ щыщIыным зэфIэкI лъагэхэр къызэрыщагъэлъэгъуам папщIэ Дзэ Плъыжьым и командирхэм ирату щытащ. лIыхъужьыгъэрэ хахуагъэрэ яхэлъу, щхьэмыгъазэу Хэку зауэшхуэм зэрыщызэуар, и унафэ щIэт дзэр лIыгъэ къагъэлъагъуэу бийм зэрыпэщIэтар къалъытэу орденыр иратырт дивизэхэм, бригадэхэм, полкхэм, батальонхэм, ротэхэм, взводхэм я унафэщIхэм. Хэку зауэшхуэм и илъэс лыгъэхэм бийм ерыщу пэщIэтахэм, лIыхъужьыгъэ къэзыгъэлъэгъуахэм ящыщщ ди республикэм и хабзэхъумэ IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэр. Нэмыцэ-фашистыдзэм щхьэмыгъазэу зэрыпэщIэтам папщIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ хабзэхъумэ куэдым дзэпщ цIэрыIуэхэм я щIыхькIэ ягъэува орденхэр къыхуагъэфэщауэ щытащ. Япэ Белорус фронтым и унафэкIэ, 1944 гъэм мэлыжьыхьым и 28-м 62-нэ гвардейскэ шуудзэм и штабым, 16-нэ гвардейскэ Черниговскэ шу дивизэм я унафэщIу щыта, гвардием и лейтенант нэхъыжь Джырандокъуэ Мухьэрбий Кутузовым и орденым и 3-нэ нагъыщэр къыхуагъэфэщащ. А зыращ а орденым и кавалеру Къэбэрдей-Балъкъэрым иIэр, Джырандокъуэр Хэку зауэшхуэм и пэкIэ НКВД-м и Тэрч район къудамэм мафIэсгъэункIыфI инспектору щылэжьащ. 1944 гъэм шыщхьэIум и 21-м гвардейскэ топгъауэ полкым и 95-нэ батареем и унафэщI, гвардием и 44-нэ гвардейскэ фочауэ диви- зэм и капитан Гончаренкэ Михаил Невский Александр и орденыр къыхуагъэфэ- щащ. Ар СССР-м и МВД-м щIыхь зиIэ и лэжьакIуэщ, КъБАССР-м и МВД-м хъыбарегъащIэ технологиехэмкIэ и управленэм и къудамэм и унафэщIу щытащ. ИщхьэкIэ зи цIэ къитIуа офицерхэр Хэкум и къыщхьэщыжакIуэ нэсу щытащ, лIыгъэ къагъэлъагъуэу бийм пэщIэтащ. Абыхэм ящыщ дэтхэнэри мызэ-мытIэу уIэгъэ хъуащ, итIани, щIэрыщIэу зауэ IэнатIэм пэрыувэ- жырт. Дзэзешэ цIэрыIуэхэм я орденхэр илъэс 70 щрикъум ирихьэлIэу гуапэу дигу къэдвгъэгъэкIыж зауэм хэкIуэдахэри абы хэтауэ иужькIэ дунейм ехыжахэри. Абыхэм я цIэ къудейкъым фIыкIэ ягъэIуар, атIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и пщIэри яIэтащ. Шэджэм Залымджэрий. Гъэлъэгъуэныгъэ ЩIэин хьэпшыпхэр Аращ фIащар Лъэпкъ музейм щекIуэкI гъэлъэгъуэныгъэм. Ди лIыхъужьхэм ятеухуа газет напэкIуэцIхэр, тхылъхэр, абыхэм зэрахьа хьэпшып зэхуэмыдэхэр щагъэлъагъуэ музейм. ЗэрытщIэщи, Къэбэрдей-Балъкъэрым икIыу зауэ гуащIэм Iухьар мин 60-м щIигъурт, абыхэм я нэхъыбапIэм къагъэзэжакъым. Гъэлъэгъуэныгъэм узыщрихьэлIэ хьэпшыпхэр 1941 гъэм къыщыщIэдзауэ нобэр къэсыху зэхуахьэса защIэщ. Зауэм и илъэс шынагъуэхэм Лъэпкъ музейм и лэжьакIуэхэм Iуэху щхьэпэхэр ирагъэкIуэкIат, абыхэм я фIыгъэкIи зауэлIхэм ятеухуа хъыбархэр, сурэтхэр, тхыдэм къыхэнэн нэгъуэщI куэди хъума хъуащ. Хэку зауэшхуэм хэта, Къэбэрдей-Балъкъэрыр хуит къэзыщIыжахэм ящыща сурэтыщI цIэрыIуэ Сындыку Анатолэ и IэдакъэщIэкIхэр щылъапIэщ мы гъэлъэгъуэныгъэм. Зауэм пхыкIа цIыхум илъэгъуахэр Iэзэу и сурэтхэм къыщигъэлъэгъуэжат. Абыхэм яхыболъагъуэ а зэманым екIуэкIа залымыгъэри, гугъуехьри, лIыхъужьыгъэри. Бэракъ плъыжьхэм, щIыхь тхылъ бжыгъэншэхэм, зауэ лъэхъэнэм къыдагъэкIыу щыта плакатхэм — куэд къыбжаIэ мыбыхэми. Музейм и гъэтIылъыгъэхэм яхэтщ 297-нэ шуудзэ полкым и 115-нэ шууей дивизэм хэта зауэлIхэм я цIэхэр зэрыт дэфтэрхэри яIыгъа бэракъри. Республикэм щызэуа партизанхэм ятеухуауи тхыгъэ куэдым щыгъуазэ зыщыпщIыфынущ мыбдеж. Гъэлъэгъуэныгъэр къыщызэIуахым кърихьэлIа ныбжьыщIэхэм набдзэгубдзаплъэу зэпаплъыхьащ танк батальоным и командиру щыта, генерал-майор Деппуев Хьэчим, кхъухьлъатэзехуэхэу, Совет Союзым и ЛIыхъужьхэу Къардэн Къубатийрэ Диденкэ Николайрэ, Ленинград къалэр зыхъума кхъухьлъатэзехуэ КIэфо Арсен, нэгъуэщIхэми я хьэпшыпхэр: нэрыплъэр, шырыкъухэр, шыуаныр, щыгъын щIыIутелъхэр. Лъэпкъ музейм и унафэщI Накуэ Феликс гъэлъэгъуэныгъэр екIуу къызэзыгъэпэща и лэжьакIуэхэми зи блэкIар къызыфIэIуэхуу музейм къекIуэлIахэми фIыщIэ яхуищIащ. Гъэлъэгъуэныгъэр къыщызэIуахым зыкърагъэхьэлIат ветеранхэу Антонов Анатолийрэ Зведре Владимиррэ. ЦIыкIухэм я лъэIукIэ ахэр тепсэлъыхьыжащ я нэгу щIэкIам, абыхэм жаIащ мамырыгъэм нэхъ лъапIэ зэрыщымыIэм. КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къуэдзэ Хьэсанэ Ислъам къыхигъэщащ гъэлъэгъуэныгъэм мыхьэнэ ин зэриIэр. «Гъэлъэгъуэныгъэм и фIыгъэкIэ ди лIыхъужьхэм я гъащIэм щыщ Iыхьэм дыхэплъэну Iэмал диIэщ. Къысщохъу мыбы щызэхуэхьэса щIэин хьэпшыпхэм щIалэгъуалэри балигъри тхыдэм нэхъ пэгъунэгъу дищIу. ТекIуэныгъэр къыщытхьа махуэшхуэр илъэс къэс нэхъ жыжьэ хъууэрэ кIуэми, лIыгъэ зезыхьа цIыхубэр дэ сыт щыгъуи ди гум илъынущ», — жиIащ Хьэсанэм. Курыт еджапIэ №27-м и еджакIуэхэр зауэм, текIуэныгъэм, мамырыгъэм теухуа усэхэм къеджащ, ветеранхэм фIыщIэ хуащIащ. БАГЪЭТЫР Луизэ. Каргинт Къуэныкъуейм и цIэкIэ Урысей ДОСААФ-м КъБР-мкIэ и щIыналъэ къудамэмрэ «Эльбрус» спорт-техникэ клубымрэ Нарткъалэ дэт картодромым картингымкIэ республикэ чемпионат щрагъэкIуэкIынущ. Совет Союзым и лIыхъужь Къуэныкъуей Назир и фэеплъ зэхьэзэхуэхэм спортсмен 80 кърихьэлIэнущ. Абыхэм ящыщщ Къэбэрдей-Балъкъэр, Шэшэн республикэхэм, Армавир, Новороссийск, Невинномысск къалэхэм я картингист нэхъыфIхэр. Чемпионатыр нобэ, мэкъуауэгъуэм и 22-м, сыхьэт 11-м къыщызэIуахынущ къалэ паркым ит МафIэ мыужьыхым деж. Хэкум папщIэ, Сталиным папщIэ! 1941 гъэ Сталинград и жэщ-махуэ 200 Сталинград хъумэным хэтащ СССР-м и лъэпкъ псори. Индыл и Iуфэм деж фашист зэрыпхъуакIуэхэр къыщызыгъэувыIэу зэтезыкъутахэм яхэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуэхэр. Къэгъэлъэгъуапхъэщ 115-нэ шууей дивизэм зэрихьа лIыгъэр. Ар псэемыблэжу щIэзэуащ Индыл Iуфэ Iут быдапIэр хъумэным. Дивизэм и шууейхэм я гурыщIэхэр и дэфтэрым къыщигъэлъэгъуащ майор Наурыз Мамышэ: «Си щхьэкIэ сэ сынасыпыфIэу зыкъызолъытэж апхуэдэ дзыхь зыхуащIахэм сазэрыхэтымкIэ. Дэ тхъумэр Сталинград и закъуэкъым, дыщалъхуа Кавказми, Къэбэрдейми, ди къэралми я Iуэху зэрыхъунур мы зауэм елъытащ». 115-нэ шууей дивизэм хэтахэм ящыщ куэдым лIыхъужьыгъэ Сталинград деж щагъэлъэгъуащ. Щхьэмыгъазэт Курп Ипщэ щалъхуа Щоджэн Мухьэмэд. 1942 гъэм шыщхьэIум и 21-м, ебгъэрыкIуэ ди эскадронхэм япэ иту, пулеметкIэ абы бий 20 иукIащ, ауэ езыри хэкIуэдащ. Зауэ нэужьым илъэс куэдкIэ псэужащ а жылэм щыщ Къумыкъу Уэзыр и къуэ Мышэ. «Сталинград хуит зыщIыжахэм папщIэ» медаль зратахэм ари ящыщщ. Уэрэдхэм къахощыж Тэмазэ Тэркъан хэлъа лIыгъэр. Абы бий куэд зэтриукIащ, нэмыцэ сэлэтхэм я автоматхэр къищтэри, ди дзэр а щIыпIэм къэсыху фашистхэр зэтриIыгъащ. Къер Мухьэрбэч зыхэта дивизионым махуэ къэс тан-китху-хы икъутэу щытащ. Сталинград фронтым и унафэщIхэм ящыщ зым итхырт: «Куэшокъуэ Къаншумэс лIыгъэшхуэ хэлъщ. Ар зи пашэ гупыр бийм и танк 12-м пэуври, зы топышэ къахуэмынэжыху зэуащ. Топгъауэхэм ящыщу зыри псэууэ къэнэжатэкъым. Куэшокъуэм гранатэ зыбжанэ къищтэри, мыкъутауэ къэна танк закъуэм зыщIидзэжащ. Апхуэдэу и гъащIэр итащ адыгэлI нэс Къаншумэс». Щхьэмыгъазэу бийм езэуа зауэлIу, дзэзешэу 115-нэ шууей дивизэм хэтар мащIэкъым. Абыхэм ящыщщ КIэрэф Къамболэт, Хьэтыкъуей Iэбубэчыр, Наурзокъуэ Хьэмзэт, Черкесов Сэрбий, Шортэн Аскэрбий, Кулиев Къайсын, Мысыр Хьэжбий, Хьэгъэжей ТIалэ, Къэзанш МатI, Бозий Мухьэб, Къумахуэ Тимур, Бабаев Мухьэжыр, Зэхъуэхъу Хьид, Гъудэ Шумасэ, Бозий Кушбий, Шыбзыхъуэ Къэралбий, Битокъу Музэчыр, Щомахуэ Лъостэн, Соттаев Адэлджэрий, нэгъуэщIхэри. А зэманым Дзэ плъыжьым хыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ хъыджэбз куэд. ЦIыхухъухэм зыкъыкIэрамыгъэхуу абыхэм зауэм и IэнатIэ нэхъ гугъу дыдэхэр ирахьэкIырт. Ди пщащэхэм пулемётхэр ягъабзэрт, топхэм иризауэрт, фочауэ Iэзэу загъасэрт, уIэгъэщхэм сэбэп щыхъурт. Граждан зауэм щхьэмыгъазэу хэта партизан Къуэкъуэжь Ахьмэд ипхъу ФатIимэ хахуэу щызэуащ «Октябрь Плъыжь» заводым и Iэшэлъашэхэм. Топышэ къэуэжхэми бомбэхэми ящымышынэу, адыгэ хъыджэбзыр уIэгъэ хъуа зауэлIхэм ядэIэпыкъурт. Сталинград и деж щигъэлъэгъуа лIыгъэм папщIэ ФатIимэ къратауэ щытащ Вагъуэ Плъыжь орденыр. …Фашист хьэщхьэрыIуэхэр «Баррикадэхэр» заводым ебгъэрыкIуэрт. Ахэр хущIэкъурт кхъухь тедзапIэм нэсу ди зауэлI гупышхуэ къаухъуреихьыну. Абдежым бомбэ куэд щехуэх пэтми, зыми лэжьэн зэпигъэуртэкъым. Завод пщIантIэм дэтт Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал пединститутым и етIуанэ курсым щIэкIыу зауэм кIуа КIэш Софият зи пашэ топгъауэхэр. Ахэр япэщIэтт щIылъэрыкIуэдзэхэми танкхэми. 1942 гъэм и накъыгъэм Бахъсэн щыIэ зэхуэсыпIэ пунктым дэкIри, зауэм кIуащ курыт еджапIэр къэзыуха хъыджэбз 200. Абыхэм я нэхъыбэр илъэс 17 — 18 хъуа къудейт. А гупым щыщу куэд 73-нэ зенит полкым хэхуащ икIи Сталинград деж нэмыцэхэм щезэуащ. А гъэм и бжьыхьэпэ мазэм къалэм пэмыжыжьэу щекIуэ-кIа зауэ гуащIэхэм къыщыхэжаныкIащ лейтенант нэхъыжь Бозиев Ахъмэт и миномёт ротэр. Зэрихьа лIыхъужьыгъэм папщIэ абы Вагъуэ Плъыжь орден къратащ. Майор Власов Павел биишэм щихъумащ Бахъсэн районым щалъхуа адыгэ щIалэ, 103-нэ миномет полкым и зауэлI Шэуш ПIэтIунэ. Мамай Iуащхьэм щыщ дэтхэнэ метр зэбгъузэнатIэми техуащ гъущI килограмми 6-рэ грамм 660-рэ. А щIыпIэм щыхэкIуэдащ совет зауэлI 7157-рэ. Абыхэм яхэтащ адыгэ щIалэ ТэIэщ Евгений. Индыл псы Iуфэ щызэуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ нэгъуэщI куэди: Уэлджыр Хьэжпагуэ, Къамбий Алий, санитар Битокъу Мурид, фочауэ взводым и унафэщIу щыта, генерал-майор Нэхущ Мырзэбэч, тIасхъэщIэх ЗекIуэрей ФIыцIэ, топгъауэ Хьэгъэбанэ Аскэрхъан, Налшык «Псы-уэздыгъэ» трестым и лэжьакIуэу щыта, Совет Союзым и ЛIыхъужь Атаманчук Григорий. Сыбырым щыщ зауэлIхэр зыхэт дивизэм фIыуэ къыщалъагъурт Гъудэ Данил. Индыл Iуфэ Iут быдапIэхэр хъумэным зэфIэкI яIэу хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ Чым Тембот, Сэралъп Залымджэрий, Мэлбахъуэ Тимборэ, Хъуран Аслъэнбий, Гуэбэшы Iэбубэчыр, Къардэн Башир, Головко Георгий, Мисиров Шаухал, Iэпщэ Азрэт, Чеченов Шарахъмэт, Мэшыкъуэ Мусэ, Павленкэ Николай, Къудей Хьэрун, НэкIацэ Анатолэ сымэ. Сталинград зыхъумахэм ящыщщ Май къалэм щалъхуа Цыбулин Степан. Индыл деж ди зауэлIхэм щызэрахьа лIыгъэм щытепсэлъыхьыжкIэ, абы и цIэр къыхагъэщырт СССР-м, Инджылызым, Америкэм, нэгъуэщI къэралхэми къыщыдэкI газетхэм. Капитан Цыбулин Степанщ совет зауэлIхэм ящыщу япэ дыдэу Невский Александр и орденыр зратар. Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуэ куэдым Сталинград деж я псэр щатащ. Абыхэм ящыщщ Къумахуэ Хьэбыж, ХьэпащIэ Сосрыкъуэ, Сэхъу Адэлбий, Ножкин Василий сымэ. Дзэ Плъыжьым Сталинград деж къыщихьа текIуэныгъэрщ Хэку зауэшхуэм (уеблэмэ етIуанэ дунейпсо зауэм) и екIуэкIыкIэм зэрызихъуэжар нэхъыбэу зи фIыгъэр. А зэхэуэ ин дыдэр жэщ-махуэ 200-кIэ екIуэкIащ. 1942 гъэм бадзэуэгъуэм и 17-м къыщыщIэдзауэ 1943 гъэм мазаем и 2-м нэсыху бийм укIыгъэу, уIэгъэу, гъэру фIэкIуэдар 1 мелуанрэ мин 500-рэ мэхъу. ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд. Усэм и къару иныр Хэку зауэшхуэм хэтащ ди тхакIуэхэм, усакIуэхэм, щэнхабзэм, гъуазджэм я лэжьакIуэхэм ящыщу КIуащ БетIал, КIыщокъуэ Алим, Къэжэр Индрис, Къэныкъуей Мухьэж, Тау Борис, Шортэн Аскэрбий, ЩоджэнцIыкIухэ Алийрэ Iэдэмрэ. Адыгэ тхакIуэхэмрэ усакIуэхэмрэ ящыщу зауэ зэманым художественнэ тхыгъэ нэхъыби нэхъыфIи зытхахэм ящыщщ КIыщокъуэ Алим. Литературэм зэфIэкI пыухыкIахэр щызиIэу зыкъэзыгъэлъэгъуа усакIуэр зауэм зэрыкIуэу занщIэу «За Родину» газетым и редактор ящIри абы зыкъомрэ щылэжьащ, иужькIэ 1942 гъэм КIыщокъуэр «Сын Отечества» армейскэ газетым ягъакIуэ. Ар мыбы балъкъэр усакIуэ Кулиев Къайсын щыхуозэри, а тIур газетым щызэдолажьэ. Абы и напэкIуэцIхэм КIыщокъуэм къытрыригъэдзащ и усэхэр, рассказхэр, очеркхэр, фельетонхэр, корреспонденцэхэр, нэгъуэщI тхыгъэхэри. Газетым щигъэзащIэ адрей къалэн гугъухэм къадэкIуэу, къыщыдэхуэ зэманыр къигъэсэбэпурэ, Алим зауэ лъэхъэнэм итхащ рассказ пщIы бжыгъэхэр, усэ 62-рэ, «Адэ» поэмэ купщIафIэр. Зауэ лъэхъэнэм КIыщокъуэ Алим и къалэмыпэм къыщIэкIа усэ нэхъыфIхэм ящыщщ «ЦIэ зимыIэ къалэ», «ЩIым и макъ», «ПарашютитI», «ПщыкIуз», «Фэеплъ бэлътоку», «ЗэкъуэшитI», «Дэ ди шухэр щхьэмыгъазэщ», «Зауэ», «Сэ сщIэркъым зауэм никIыжу…», «ЩэкIуэгъуэм и 4-м, 1942 гъэм», «Си фочым IэплIэ есшэкIауэ», «ЗэныбжьэгъуитI», «Уигу, си анэ, сыкъэкIмэ», «Усэ къарукIэ бийр бгъэсу», «Сэлэт сэлам», «ТекIуэныгъэ», нэгъуэщI куэди. КIыщокъуэ Алим зауэмрэ Хэкумрэ ятриухуа усэхэм IэкIуэлъакIуэу къыщигъэлъэгъуащ ди зауэлIхэм яхэлъа лIыхъужьыгъэ иныр, я зэкъуэтыныгъэ быдэр, бийм хуаIэ лъагъумыхъуныгъэ гуащIэр, я гурыгъу-гурыщIэр, я хъуэпсапIэ нэхъыщхьэхэр. УсакIуэм и лIыхъужьыр губзыгъэщ, хахуэщ, бэшэчщ, хьэл-щэн зэпIэзэрыт иIэщ, нэмысыфIэщ, гу щабэщ, ауэ цIыхухэр бэлыхьым хэзыдза, сабийхэр зеиншэ зыщIу зыгъэгуIа, лIыжь-фызыжьхэр екIуэлIапIэншэу къэзыгъэна нэмыцэ фашистхэм яхуэябгэщ, щысхьрабгъу лъэпкъ яхуиIэкъым: «Ар бийм хуэздэнкъым, щIы уи фIэщ. Абы и щIапIэм сынэсынщ. Ди щIыгу къарукIэ сэ сылъэщщ. А бийм сэ мащэр лъызгъэсынщ» («Си фочым IэплIэ есшэкIауэ») е «Дэ ди шухэр щхьэмыгъазэщ, МафIэу ди гур зэщIэнащ. ЩIы уи фIэщ уэ, ди Хэку лъапIэ: Бийр ди щIыпIэ къидмынэн». Апхуэдэ щапхъэхэр щыгъунэжщ КIыщокъуэ Алим зауэ зэманым итха усэхэм. Ди зауэлIхэм я гурыщIэ къабзэмрэ я лIыхъужьыгъэ инымрэ дэгъуэу къыхощ а усэхэм. Бий хьэщхьэрыIуэм щысхьраб-гъуи гущIэгъуи хузимыIэ ди сэлэт лIыхъужьым и нэпсыр хузэтеубыдэркъым сабий зеиншэм зэрыIуплъэу: «Гугъуехь е гуауэ сыхуэзами, Нэпс ткIуэпс си гъащIэм сфIэкIуэдакъым, Мыбдеж сигу дауэ згъэбыдами, Сшэчын си нэпсыр сэ слъэкIакъым». Зэрытлъагъущи, Алим и сэлэтыр дапхуэдэу зауэ IэнатIэм ябгэу Iумытами, абы ихъумэфащ гуапагъэмрэ цIыхугъэмрэ. Совет зауэлIхэм я цIыхугъэр, лIыхъужьыгъэр, я хьэл-щэныфIхэр убгъуауэ къыщыгъэлъэгъуащ КIыщокъуэм зауэ лъэхъэнэм итха усэхэмрэ «Адэ» поэмэм- рэ. Хэку зауэшхуэр иуха нэужь КIыщокъуэм итха усэ зыбжанэм («Хэт гъащIэр пщIэншэу зылъытэр», «Дыгъэр къепсын папщIэ», «Си анэм», «УнэщIэ») зауэр IупщIу къыхощ, ауэ усакIуэр хуэм-хуэмурэ мамыр псэукIэм хуокIуэж, абы иIыгъа къулыкъушхуэхэм къадэкIуэу, литературэ лэжьыгъэ щхьэпэ иригъэкIуэкIащ. И тхыгъэ купщIафIэхэмкIэ усакIуэ щэджащэр хущIэкъуащ мамырыгъэр хъумэным цIыхухэр къыхуеджэным, гъащIэр егъэфIэкIуэным цIыхубэр хуэунэтIыным, лъэпкъ зэхуэмыдэхэм я зэныбжьэгъугъэр гъэбыдэным. КIыщокъуэ Алим и псэр пытыху а гурыщIэ къабзэхэр ихъумащ, куэдым щапхъэ яхуэхъуу дунейм тетащ. ЕРЖЫБ Аслъэн, щIэныгъэлI-методист.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28881.txt" }
Сэ сщIа псор жысIэжмэ Мэзыхьэ Борис (ЕкIэщIауэ ТIорэ и хъубархэм щыщ) — Ей, шыдыгъу жыхуаIэр игъащIэм адыгэм къыддекIуэкI Iуэхущ, си къуэш. Тхьэм адыгэ къызэригъэщIрэ, уэлэхьи, адыгэ шыдыгъуи щыIэм, — жиIэрт лъэныкъуэкIэ еба шэнтжьеижьым зыщригъэщIеикIыу дэшхуей лъабжьэм щIэс ТIорэ, и щхьэ джафэм и Iэбэлагъышхуэр иригъажэу. Хъы нэрынэ зэву нэкIум теубгъуа зэлъахэм нащхъуэ цIыкIуитIыр жьы зыщIэпща жьэгу яжьэм къыщIэщыжа дэпу къыхэлыдыкIырт, а жиIэм абы гукъыдэж къызэрыритыр хьэкъ пщищIу. ТIорэ и хъыбархэр зэ зэхэзымыха псэлъэгъу хуэмыхъуж пэтми, хэти дапщэщи фIэгъэщIэгъуэну едаIуэрт и ныбжь емылъытауэ ноби жьы зыщIэт лIыжь къуэгъу цIыкIум. Сыт хуэдэ хъыбарым дапщэрэ къытримыгъэзами, ТIорэ зэм зэрыжиIам теткъым, дапщэщи щIэ гуэр и гукъэкIыжым къыхохьэ. Арагъэнт гъэщIэгъуэн ящызыщIри. — НытIэ, зэгуэр, — жиIэрт ТIорэ, хьилагъэ гуэрхэр хэлъу и нэр щIиукъуанцIэу, — зы кIахэ, зы бжьэдыгъу, зы къэбэрдей езы Тхьэшхуэм еупщIат, жи: «Ярэби, сытым дыкъыхуэбгъэщIа, ди Iуэху дауэ хъуну, дауэ дыпсэуну?» жари. «КIахэм уи дунейр моращ-мыращ, бжьэдыгъум зи Iуэху зепхуэнур мыращ, къэбэрдейр ушыдыгъунущ — ар фи натIэ истхащ», — жиIащ Тхьэшхуэм. Апхуэдэуи дыкъекIуэкIам, уэлэхьи. ЕдаIуэт таурыхъ-псысэ хуэдэхэм — хэт, зекIуэлIщи, ТэнкIэ макIуэри хакIуапщIэ къреху, Индыл зэпрокIри хъушэ къегъэкIуасэ, сэ сщIэ мыгъуэрэ, дэнэкIэ имыгъэзами, е шы хакIуапщIэ, е мэл гуартэ япэ иту къокIуэж. Къихумэ и щхьэ къыхуигъанэрэ — зеиншэхэм, фызабэм ятрегуашэ. Зыгуэр и джэдэщ щIэпщхьэу адакъэр лъэуейм къезылъэфэхар хьэмэрэ Iуэм жэмыжь къизышар дыгъуэрабзщ, ауэ шыбз гуартэ къэзыхуу зыгуэшар Iэпашхэлъэпашхэтэкъым — аIэ! — адыгэлIт, лIы хахуэт! СлIот-тIэ уи гугъэр? — ТIорэ и напщIэ къуийр хешри, и дэIуэгъум и нэгум и фIэщу йоплъэ, мы жесIахэр зыхищIыкIауэ пIэрэ мыбы, жиIэм ещхьу. Гупсэхуу къедаIуэу илъагъумэ, арэзы хъуауэ и псалъэм пещэ: — аращ, си къуэш, — жи, и псэлъэгъур, и къуэр къэгъэнауэ, и къуэрылъхум и ныбжьу щрети, — шыдыгъум гу кIуэцIылъын хуейт. Зигу зыфIэкIуэдар шыдыгъу хъунутэкъым, уэлэхьи хьэзим, мыхъунут. Ди адэшхуэ мыгъуэм жиIэжу зэхэсхащ мыр. Еуэри, зэгуэр лIитI и гъусэу кIуахэт зыш бэлыхь къагъэкIуэсэну. ЯщыпэкIуэт? Iэджэ щIауэ ещакIуэхэрт, арщхьэкIэ шы къарапцIэр пхъуантэм дэтым хуэдэу яхъумэрт, жэщи махуи я нэIэ трамыгъэкIыу. Сытми, ныщхьэбэ нэхъ зэкъуэхуа хъунщ щыжаIэм зрагъэхьэлIэри, кIуахэщ Къуэшыркъуей. ЯщIэрт шыр зейр нэчыхьытх гуэрым зэрыхэсыр. Ар хэс щхьэкIэ, я хьэ париижьыр нэчыхьытхым яшэнт? Я щIалэ нэхъыжьри унэм имыкIауэ ист. Сытми, кIуэхэри, уэлэхьи, я хьэжьми зыкърамыгъэщIа, уи щхьэм хуэдиз хъунт IункIыбзэ къэбри, цырхъ ирамыгъэщIу Iуахамэ, ауэ шым укъимыщIэу къэнэнт, моуэ и щIыфэхэр иутхытхыу пIейтей щыхъум, телъэщIыхьурэ, уэлэхьи хьэзим, ари трагъэсабырам, тхьэ сIуэни, упщIэ вакъиплIри лъатIэгъакIэ, ауэ къыщIашынкIэ Iэмал ягъуэткъым — шэщыр я унэм пытщ, унэмрэ шэщымрэ я кум щхьэгъубжэ хэлъщи, пэшым къыщIидз уэздыгъэ нэхур, уэлэхьи, шэщым къыщIопсэмэ. Уплъэмэ, пэшым щIэсым ящIэр уолъагъу. Сыт я Iэмал? «ЦIутI» жамыIэу лIитIыр зоплъыж. НэкIэ зочэнджэщ. Абдеж си адэшхуэм игу къокI: дэ тлъагъу щхьэкIэ езым дыкъалъагъун хуейкъым. Хьэрыфинэм къыпидз нурым мыбы щIэлъ кIыфIыр хуэгъэткIуну? Уэлэхьи, хуэмыгъэткIун, щхьэгъубжэм укъыдэплъмэ, щIакIуэ фIыцIэ Iупхъуа фIэкIа умыщIэу щытын хуейм. Арати, и гъусэм Iэпэтэрмэш хуещIри, си адэшхуэр хуэму, сакъыу, щабэу, уэлэхьи хьэзим, и джэдыгу фIыцIэ щыгъымкIэ щхьэгъубжэ абджым зрекъузылIэм. Абы щыгъуэ халъхьэр иджы хуэдэу щхьэгъубжэ интэкъым, арщын зэпэбжт. Шыр къыщIашащ къамыщIэу, арщхьэкIэ ди адэшхуэм и Iэпкълъэпкъыр зэщIэдияуэ Iэджэрэ щытауэ жиIэжырт, апхуэдизкIэ лIыгъэ щIапIэ ихуати. ЛIот уи гугъэр? ЗыгуэркIэ гу къылъатэу къеуэрэ къытрагъэбэгамэ, хэтыт бгъэкъуэншэнур… Ар щIыжысIэращи, шыдыгъум гушхуэ кIуэцIылъын хуейт си адэшхуэм хуэдэу. Iэмалрэ хьилагърэ яхэлът, сыт бэIутIэIу хэмыхуами къыхэкIыжыфхэу. Уи фIэщ мыхъуу ара уи щхьэр щIэбгъэджэгур? Мыдэ къедаIуэ-тIэ сэ си адэм дэслъэгъуам. Си адэр, сыхуэарэзыщ, Азалыхьыр арэзы къыхухъу, Iэщ и пIалъэ зыщIэ, Iэщ къызыдэхъу цIыхуу щытащ. Ауэ шыхъуэныр зыхилъхьэ щыIакъым. Зауэжьыр къежьэу адыгэшым кIэмужьыр иратыху, гъэи-щIыи къущхьэхъум итащ. Шы и пIалъэ зыщIэм зэ зытеплъа псэущхьэр игъэгъуэщэнукъым, илъэс дапщэ мыкIуами. Ар щIыжысIэр иужькIэ къэпщIэнщ. И адэм ещхь хъужауэ апхуэдэт ди адэри. Тхьэ сIуэни хамэ щIыпIэ игу щрихьа шыр къимыгъэкIуэсамэ, сымаджэ щIэхъуэжу апхуэдэтэмэ. АрщхьэкIэ къихуар щищэр зэзэмызэт, е итырт, е лъыхъуэурэ зейр къекIуэлIамэ, и табыным къыхишыжырти, нахъутэ щIэрыпс щIыгъуу зейм иритыжырт, ар хабзэ хуэхъуауэ. Шыгъэ-лIыгъэ нэхъ фейдэ иIэтэкъым.. НытIэ-э-э, еуэщ аби, бжьыхьэ уэтIпсытIу ди адэр махуэ гуэр пщIантIэм дэст, щыгъын зэсхъуэкIынщ, жери, къущхьэхъу къехыжауэ. Дэст жысIа щхьэкIэ тIысыпIи ихуэрэт, быныр дысабий защIэти, пщIантIэм щыIэбэн тхэттэ-къым, куэбжэ-бжыхь, бэкхъ жыпIэми, псори пхъэжь-чыжь хъуати, гъэбыдэн, дыжын хуейт. Пщыхьэщхьэ гуэрым ди куэбжэпэм зы шу щиувыкIащ «Сэламыр уэхьэлейкум!», жиIэри. ФIэхъус ирихыжри, дядэр абы пежьащ. Шууейми шым зыкъригъэлъэтэхри, къэкIуэтащ, я Iэр зэрыубыдащ. — Къеблагъэ, Къэгъэзэж и къуэ, сытым укъытхуихьа? Неблэгъапэ, — ди адэм набжэ куэбжэр Iуелъэф. Сабийхэр, ди жьэр Iурыхуауэ, доплъ шхуэмылакIэр иIыгъыу къыдыхьэ лIы мыцIыхум. АпхуэдэлI зэи ди жылэм щытлъэгъуатэкъым. ЗэкIуэцIуплIэнщIауэ уанэгум щисами тлъэгъуат ар зэрылIышхуэр, ауэ епсыха нэужь къысфIэщIат дядэм и къурыкъур ди куэбжэпэм деж къыщыхаса, апхуэдизу кIыхьт, къуэгъу-псыгъуэ-пIащIэти. Хуабэ зэуа тхьэрыкъуэфым ещхь упщIэ пыIэ гъуабжэм щIихъума и щхьэр фалъыркъэб цIыкIут, пащIэ-жьакIэри тхьэмахуэкIэ псым хэлъа псырылъэт. А псом уIэгъэ цIынэм ещхь Iупэ пIащэшхуэр къыхэщырт, плъыжь фIыцIафэу къыIурыпIытIыкIарэ, щынэдзэ папцIэ цIыкIухэр кхъуейщIэхуагъащIэу хужьу къыIупсу. — Уэлэхьи, сынеблэгъэнум, семыблэгъэну сыкъэмыкIуа, ЛIыкIэщI. Iуэху пхузиIэщ, уэрамыщхьэм щызмыIуэтэну, — жиIэурэ, хьэщIэр лъэбакъуэхъуу, дядэм и лъэбакъуитI-щыр и зы бэкъуэгъуэу пщIантIэм къыдыхьащ, и бгырыпхым зэрыфIэкI щымыIэу цIыкIу щIэхъукI шыр жьафэкIэ къыздилъэфурэ. — Нэхъ згъуэтынщ жысIэри, пщыхьэщхьэхуегъэзэкIыу сыкъежьащ. Ди адэм цIыху къыкIэлъыкIуэн щыхъукIэ, езыр къыдэджэхункIэ дящыщ гуэр дыбгъэдыхьэу идэнкIэ Iэмал иIэтэкъым, «ЛIитI зэпсалъэр тхьэкIумэ лей хуейкъым», жиIэрти. Ар шыдыгъу хабзэт! ЦIыхуитIым зэдащIэр я зэхуэдэщэхумэ, ещанэм зэхихам гъэпщкIу иIэжкъым. Сытми, а пщыхьэщхьэм а тIум зэжраIар алыхьым фIэкIа зыщIэ щыIэкъым, ауэрэ, зыкъомыфIрэ щыса нэужь, дядэм зыпэрыс жьэгум ибгъу хуигъазэри ди анэм еджащ: — Уа, дызэдзэкъэн гуэр уи хьэзыр? — ПIастэпс тезгъэуващ… — АпщIондэху дызэрызэIурыун тхузэIудз. ТIорэ гъажи, цырибон шэтфэр Дыжьын къыIрегъэх. Ахъшэ лъэпкъ хуейкъым — бжьыхьэм абы и пщIантIэм нартыхуу худэткIутар, уэлэхьи, гъатхэ пщIондэ жьэпсу тхурикъункIэ. Пшапэр нэхъ зэхэуэмэ, Дарихъан къешэкI, лIы къозгъэплъынущ, жыIи, нэгъуэщI мыхъуми, тIэкIу зэсэбэуэнщ, губгъуэм къызэрикIыжауэ къекIуэкIынкIэ тIэу еплъынкъым… — А Iей-и-и, дауэ пхужыIэрэ апхуэдэу. Тхьэ дыдэ абы нэхъ зыкъизыхын зыфIэфIрэ зэщIэкъуарэ ди къуажэр зи кIыхьагъым къыдумышын, — щытхъуащ ди анэр гъунэгъу пхъужьым, хьэщIэр къызытекIухьамкIэ шэч гуэрхэр ищIауэ. — И дэлъхуми еджэ, лIы, нэхъ уфIэтэмэммэ, — щIигъужащ. Цырибон шэтфэр къеслъэфэкIыу сыкъыщыщIыхьэжам ди анэм пэшышхуэм Iэнэ гъущэ къыщищтат: чыржын щIыIэ, шыпсырылъ кхъуей хуэдэ гуэрхэр телъу, щIыIэм игъэдиям ещхь пIэтIрэжан щхъуантIэ щIыгъуу, стэкан кууитIи Iэнэкум итт. Дарихъан и дэлъху Хьэцырэ зэреджэххэу къэсагъэнти, ар зигъэкъыу щыст, ауэ Дарихъан къыщекIуэкIар ди анэм пIастэ ипщу дзасэкIэ лы игъэжьа нэужьщ. Дарихъан япэ щIыкIэ ди анэм дежкIэ пщэфIапIэм нэкIуащ, зыкъомрэ зэхъуцэца иужь, зэгъусэу пэшышхуэм къыщIыхьэхэри хьэщIэм сэлам ирихащ, итIанэ цIыхубзитIри жьантIэмкIэ иIэ дурэш хуэдэм деж дэуващ. ЗыкърамыгъащIэми, нэкIэ ятIэщIым ещхьу хьэщIэр зэпаплъыхьу. Мыдрейхэр цырибон ефэурэ уэршэрмэ, цIыхубзитIыр зэхъуцацэурэ шэтфэрыр яухащ, хьэщIэм къызыкъуиха, урыс аркъэ бащырыбэр ираущхъумпIыкIри, Дарихъан и дэлъхур цырибоныхьэ ягъэкIуащ… Абы иужькIэ сэ зыри слъагъужакъым — сыкъещхьэукъуэхыу щыщIэздзэм, ди анэм пIэм сыхигуэжащ, ауэ пщэдджыжьым сыкъыщыушам ди пщIантIэкум хьэщIэмрэ ди адэмрэ лIы мыцIыху гуэр я гъусэу, щыри зэрыхэгъаплъэу. — «Щэхуу ди пщIантIэ дыхьэу а шыр къыдэзышын къалъхуакъым» жыпIати, Къэгъэзэж и къуэ, уэлэхьи, шыдыгъум хузэфIэкIыр здынэсыр умыщIэ уэ иджыри… Пхъужьаплъэ сокIуэ жыпIэри, шы телъыджэр щIебгъэшащ. — Ди хьэм дауэ къимыщIарэ? — и щхьэ фIеудыж Къэгъэзэж и къуэ жыхуаIэ ди хьэщIэми. — Фэри сыту фыбэлэрыгъат? — щIокIие и къуэш нэхъыщIэм, — фи тхьэкIумэр дапщэрэ сIуэнтIа — сэ сыдэмысмэ зыфтIэщIу пIэ фимыгъуалъхьэ жысIэу? — Нэхущ нэблэгъауэ сыздэщысым тIэкIу сыщхьэукъуагъэнщ, Бан, армыхъумэ, уэлэхьи, пIэку симыгъуэлъхьа. Парии къэзутIыпщауэ пщIантIэм дэтам… СщIэIым… — Ди напэр тефхащ… — Зы жэщ пхуэмыхъумэн шы къыщIепшэжьэн щыIэкъым, — и фIэщщ ди адэм. — УкъищIэу зейм имышэжауэ пIэрэ? Дыгъуэпшыхь цырибоным укъыкъуэгушхукIагъэнт си шэщыр мывэ чэщанэщ. Ар си бом къыщIэзышыфым и хьэлэлщ, зэрыжыпIар къоIам зэхихами ярейт. — А-а, сыт жысIами сыт и мыхьэнэж иджы? Къэгъэзэж и къуэр и шырыкъу лъапэм еплъыжу зыбжанэрэ щытащ, итIанэ зыгуэр игу къэкIауэ и щхьэр ищIащ: — Зэпытрэ зэкIэсу укIуэ! Си анэм зэхуихьэса джэдыкIэкIэ къэсщэхуакъым — къызыхэкIам хыхьэжащ, — жиIэри, нэхъ нэгу къэхъужауэ и щхьэр къиIэтащ. — УкIуэмэ-укIуэ, кIуэдар ууейщ. — НакIуэ пщэдджыжь шей дефэнщ. — Уэлэхьи, си тэмакъым дзэкъэгъуэ емыхыну. Мы си щхьэр уэрдыхъу фIэукIам ещхьщ, апхуэдизу мэузри. Цырибон шэтфэр къегъэхь, ди щхьэр зэдгъэпэщыжынщи, дежьэжынщ, — жиIэу ар и жыпым иIэбат, арщхьэкIэ ар къыпхуэзыдэнылIт ди адэр? — Зи хьэщIэм бжьэ уасэ кърезыгъэххэм щхьэ сахыубжа, Къэгъэзэж и къуэ, нобэ-ныжэбэкъым дызэрызэрыцIыхур, си хьэл пщIэну и чэзу хъуаи! ИтIанэ Дарихъан фэрэ псалъэ зэIэпывмыхыу уежьэж хъурэ? И дэлъхум жепIа псор пщIэжу къыщIыкI — шым и лажьэм уи акъыл зэтрихуа хуэдэщ… Цырибоныр къэслъэфу сыкъыщыдыхьэжам, лIитIыр Iэнэм пэрыст, Дарихъан и дэлъхури къыдыхьэрт. Дыгъэр щыгум къиувэху зэхэсагъэнщ ахэр. Храгъэдзэжауэ уэршэрурэ Дарихъан щхьэкIэ лъыхъу къигъэкIуэнымрэ ихь-ишэу игъэкIуэсэнымрэ нэсри, пхъужьым лъыхъу къыхуагъэкIуэну ирагъэкIуакъым, цIыхубзыр щыарэзыкIэ мы унагъуэм ирашынщ. Ауэ сыт жамыIами, псалъэмакъыр Къэгъэзэж и къуэм фIадыгъуа шым дежкIэ еупIэкIыжырт. — Къадыгъуар ядыгъужмэ, Алыхьыр мэдыхьэшх жаIэ, Алыхьыр хэт ищIэн, ауэ… — къытригъэзэжурэ дыхьэшхырт ди адэр. — Дауэ къыпщыхъурэ пхъужьаплъэ къакIуэри, Дарихъан енэцIыху, иш цIыкIур мэхь-мэхь! — Вы лIам сэ хэзыIу жыхуаIэр мыракъэ? — губжьи гукъани хэмылъу жеIэ хьэщIэми, «шыр сфIэкIуэдами пхъужь дэгъуэ къыхэзудащ», — жиIэу егупсыс хъунт мащIэу щыпыгуфIыкIкIэ. — ПIэщIэкIам укIэлъыгъыжкIэ къикI щыIэкъым — си адэр лIэри, сыхэкIыжащ, сянэ лIэри, сихьакъым, уэлэхьи, гу зыщызмыхуа шыми сыкъелынмэ. Абы нэхъ дыщIэгузэвэн Азалыхьым къыдимыткIэ. — Уумейр щхьэжэкъым, тхьэ соIуэ, шы ущиIэкIэ ядыгъункIи хъунмэ, сэр нэхъри уэр нэхъри нэхъ IэкIуэлъакIуэ Iэджэ зэрыщыIэр тIуми дощIэкIэ. УкIуэжу лъэужьыр епхужьэну? — Ар зыдыгъуфам лъэужь къигъэнэн уи гугъэу ара? — Уэлэхьи, ари пэжмэ. Сытми, Къэгъэзэж и къуэм и ежьэжыгъуэ хъууэ, и шым уанэ щытрилъхьэжым: — Уа, си хьэщIэ, псомкIи дызэгурыIуа хуэдэщ, ауэ уасэ жаIэу къытпаубыдмэ сыт пщIэнур? АбыкIэ псалъэ зэIыфхамэ арат, иужькIэ дримызэныкъуэкъужыну. — Сыт уасэ, — Iэнкун хъуат псэлъыхъур, пхъужьым уасэ щIатрэ, жиIэу зэрегупсысар хэIущIыIу къимыщIу. Дарихъан и дэлъхуми и дамэ дригъэуеящ, жиIэнур имыщIэу. ТIуми зыгуэр щыжамыIэм, ди адэм зыгуэр игу илъти: — Абы щыгъуэм мыпхуэдэу дощI: Дарихъан си деж щыщIэфшынукIэ, IэщхьэубыдыпщIэу, куэбжэдэнэуи — сыт фыхуейми абы фIэфщ — сытми, зыш къызывот. Уи бом щIашарами содэ. — Уэлэхьи, щхьэцналъэ хуэдизкIэ къызэмыхьэлъэкIыу узотмэ — къэгъуэтыжыф закъуэ, — псэлъыхъур абы щхьэкIэ зэрыхилъафэ щыIэтэкъым — зыфIадыгъуар ядыгъуащ жиIэу игъащIэкIэ шым и лъыхъуакIуэ ежьэнутэкъым, ар щIэзышам къишэжу къуитыжыххэнутэкъым. — Уэри уарэзы абыкIэ си гъунэгъу? — Уэлэхьи, сыарэзым, — ари зыкIи хилъафэртэкъым, япэрауэ, пхъужь уасэ щIатыркъым, етIуанэрауэ, лъыхъум иш ядыгъуам ар сыткIэ щыгугърэт. — Къафщтэ фи Iэр! — ди адэм а тIум я Iэхэр еубыд, итIанэ зыгуэрыр щыфIэауаным деж и пыгуфIыкIыкIэм ещхьу моуэ и нэхэр щIиукъуанцIэу, и Iупэр Iушэу иришэкIыурэ шыгъуэгу хадэм йохьэ, ди бэкхъ щIыбагъым къыпыщIыхьа, гуэщ хуэдэу езым фIэкIа нэгъуэщIым зи бжэр Iуримыгъэхым щIохьэри, къафэм ещхьу, зи лъакъуэхэр лъагэу зыIэт, бгъукIэ екIуэрэкI шы къарэ цIыкIур бгъукIэ ирикIукIрэ шхэIур игъэныщкIуу къыщIеш. КъарапцIэм щыIуплъэм Къэгъэзэж и къуэр мывэ сыну и пIэм ижыхьащ, псалъэ къыхудэмышейуэ, ауэ и нитIыр къыхутемычу зы мащIи зыщымыгугъыжа уанэш зэпэщым тенауэ. — Мыр дауэ… — икIэм-икIэжым къыдришеящ хьэщIэм. — Ей, си къуэш, щхьэщытхъу нэхъыкIэ щыIэкъым, быдэу зыпхыгъэкI ар. «Шы къэгъэкIуэсэнкIэ сэ къыстекIуэн хэкум искъым. КъэзгъэкIуэсам изгъэсыкIыху ар сэ сIэщIэзыгъэкIын мы дунейм теткъым, уэхьий хъурэ къеувэхауэ щытми…». Ещхь мыр Шэчэр къызэпрыпшам? — Си жьэр къэбдащ, афIэкIа псалъэ жысIэмэ сытхьэ- гъэпцIщ — си пыIэкур къибудащ, ЛIыкIэщI, уэлэхьи, къибудам. Сэ нэхъ Iэзэ куейм имыс си гугъати — мохьщ ар! И хъер улъагъу, ауэ алыхь уиIэмэ, мыр къызэрыщIэпшар къызжеIэ. Зэгъусэу зыттIэщIри, пIэку дигъуэлъхьащ, дауэ пхузэфIэкIа? — ЗэрысхузэфIэкIа щIыкIэракъым Iуэхур, си хьэщIэ, зэрысхузэфIэкIаращ, — абы фIэкIа жримыIэу шыр гуэщым щIишэжащ, ухуеймэ, здэшэж, уарэзымэ, уасэм пэтлъытэнщ, жиIэри. Къэгъэзэжми шыбз цIыкIур Iихыжын имыдэу, пIалъэ зратри, дэкIыжащ. АрщхьэкIэ ди адэм шыр ди лъапсэм нэху къыщригъэкIакъым, пшапэр зэрызэхэуэу, Iэдэжу щIыгъу, къущхьэхъу дэкIыжащ, «сэ шыдыгъу хабзэр сощIэ – идыгъужыну къытримыгъэзэну си фIэщ зыщIын щыIэкъым», жиIэри. Мис апхуэдэлIт ипэкIэ щыIар, армыхъумэ, мо Iэпашхэлъэпашхэхэм яхуэдэтэкъым. Сэри? Зэхэпхакъэ Зырамыку и уэрэдыр? «Сэ сщIа псор жысIэжмэ, мы лIыжь щхьэщытхъур схужаIэ…» Iэджи дгъэхъамэ, Iэджи тлъэгъуамэ…. Джэду и къуэ дзыгъуащэщ. Гущэм укъызэребакъуэу шым уагъэшэсауэ шы Iуэху зумыхуэу къэнэнт? Жэщ мащIэ шхалъэм сыдэлъу сымыгъэкIуа, псы къиуа куэдым IумпIафэр сIыгъыу къизмыша! Ауэ пщIэм сыкъыщрагъэплъаи щыIам. Узэсэр сэгъейщ, жи. Сыту мыхъуами, схузэхэмынэурэ куэдрэ сыкъекIуэкIащ, сыкъэзыгъэувыIэн натIэкIэ сыжьэхэуэу сыкъигъэлъеижыху. УщIалэмэ, уоделэ, уделэмэ, сытми утогушхуэ. … А зэманым сэ зи гурбияныгъуэ щIалэ танэу кIэлъхуозым сыхэтт, сахуемыджэу сыкъыщIэкIыжауэ. Сталиныр лIэри, дунейри тIэкIу къэлэлауэ апхуэдэт. Трудэденми зыгуэри къыпэкIуэу хуежьат, ауэ абы къыпэкIуэм урипсэуфынт — щэху-нахуэми зыгуэрхэр къэдгъэхьэрычэтырт. Ди адэм и кIуэгъужэгъуу щытахэми я нэIэ ттекIыртэкъым. АрщхьэкIэ, Iэпыдзлъэпыдзу, хьэиху-бжэхуэщIу губгъуэм уиткIэ уи Iуэху дэкIыркъым. «Уи адэм хуэдэ Iэхъуэ-шыхъуэ жылэм дэсакъым, зыгуэрым ухуиущия хъунщ, Iэбгъэми шыми цIыху дыхуейщи, язым кIуэ», — къыщызжаIэм, ди адэ мыгъуэм зэрихьа Iэпслъэпс-аркъэныжь хуэдэхэр къыкъуэсхыжри, сыгуфIэу шыхъуэу къущхьэхъу сыдэкIащ — кIэлъхуоз пырсидателыр си гум къишхыдыкIами арат! Къущхьэхъу сыкIуэщ, шым сыпэрыувэри, ди адэ мыгъуэм и пыхъуэпышэхэр къысхуешыпсых хъуащ, сызэрагъэцIыхуну, си лIыгъэр здынэс зрагъэщIэну, си адэм и зэфIэкI схэлърэ схэмылърэ еплъынхэу. Ягу сыдыхьагъэнти, я дзыхь къызагъэзу щIадзэм, уэлэхьи, мащIэ-мащIэурэ: губгъуэм игъуэщыхьа IэщIэвыщIэ е шы хутыкъуа хуэдэ Iууэмэ къызахулIэу, сэ къыспэщIэхуаIамэ, схузэрагъэкIуэкIыурэ губгъуэрыси жьэгъущIэси къэзгъэнэIуэсащ. Псом хуэмыдэу кIэмпIан схуэхъуат Джылахъстэней щыщ зыкъом. Iуэху яхуиIэну ахэр нэхъ тегушхуэгъуафIэт – укъагъэпцIэнутэкъым, къоижынутэкъым. Уэлэхьи, Джылахъстэней щыхьэриблым си цIыхугъэ гуэр зыдэмыс къуажэ яхэмыта — ари сыт щыгъуэ уемыкIуэлIами узымыгъэжэкъуэн защIэу. Я хабзэ гуэрхэри къэсщтат. Псом хуэмыдэжу егъэлеяуэ сигу ирихьыр хъуахъуэрэ ефэжмэ, джылахъстэнейщ жыхуаIэрщ. Хъуэхъур уигу къыбгъэдэкIыу жыпIакъэ, гъэщIеи ефэ, куэдрэ жьэкIэ зумыплъыхьу. Iэхъуэшыхъуэм щатIроцэр къущхьэхъу щыщыIэрщ, фэри фощIэ ар, дыгъуасэкъым фыкъыщалъхуар. Дауи, я мытIроцэнрэ — дунейр хуабэмэ, Iэщым сыт яшхын жумыIэрэ, езыхэм я щхьэ зэрахьэжмэ, гъунэгъу пщыIэхэм хьэщIапIэ кIуэн, фермэхэм хъыджэбз дахэ тесмэ, закъыпригъэхын фIэкIа нэгъуэщI сыт ищIэн шыхъуэм? Аращ псори къыщIехъуапсэр. Махуэм зэ хакIуапщIэр къригъэгъазэмэ, е зыдыхьа къуэладжэр имыгъэгъуащэмэ аращ. Хьэ къеIэнкIи мэхъу, ауэ шыщIэ зыщIэс шыбзым къахыхьа дыгъужьым и унагъуэбжэр езым и IэкIэ хуищIыжащ — къаIэрыхьэ закъуэмэ, щIым щыщ ящIыху лъабжьэкIэ яутэнущ. НтIэ, еуэри, уэлбанэ махуэ гуэрым пщыIэм сыщIэлът щIакIуэм сыкIуэцIыгъэджэрэзыхьауэ, лэгъуп зэфIэздзэн сыщхьэхыу, къуэ куум адрыщIкIэ жьыпэу пэртыкъым къытес мэлыхъуэхэм я деж сыкIуэни къызэхьэлъэкIыу. Моуэ нэбэнэушэу сыздэщылъым, «Бохъу апщий! ЩIэсIа мыбы?» — зыгуэр къаджэу зэхызох. СыкъыщIэплъмэ, шы лъакъуэ фIыцIиплI я пIэм имызагъэу къафэу солъагъу. Си нэIуасэт а лъакъуэ дахэкIей цIыкIухэр, Ботэщейм я шыхъуэм и уанэшырат. Зэ фIэкIа сытеплъэну сыхуейкъым къэсцIыхужын щхьэкIэ. — Еблагъэ, — жызоIэри сыкъыщIокI, лъэрыгъыпсыр соубыдри, къызогъэпсых. Уанэкум, уэлбанэм имыгъэуцIынын щхьэкIэ щIакIуэр трепхъуэ, шыр уанэкъуапэпхэнж къещIри, пщыIэм дыщIопщхьэм, уэлэхьи, дыщIопщхьэри, фоумэ къызыхих мэкъу дыгъэл дахэм гууэщIу зыкъыхыдоукъуэдие. «Сыту псымей бзаджэ къыщIихрэ?» — жи, си ныбжьэгъум, ней-нейуэ къызэплъу. Iэхъуэ-шыхъуэр зэи ерыскъыкIэ дыIейтэкъым, ауэ тIэкIу сызэтехуауэ къызихьэлIати, сэри сыукIытэрт. Ди къехыжыгъуэр къэблэгъати, кIэлъхуозыр пIитIанэкIэ къыдэгугъужыщэртэкъым. — Сэ мыдэ иджыпсту зыгуэрхэр къызэзгъэпэщынщ, — жысIэу IэпщэкIэ зыкъыщытесIэтыкIкIэ си ныбжьэгъум срегухыж. — Умыгузавэ, сэ гъуэмылэ сIыгъщ, — жеIэри, уэлэхьи, си Хьэмыщэу плъагъур гъэщхъауэ пщыIэм къыщIокIри, къэлътымакъ зэпедзэкIар ныщIехьэм. ЧыржынышхуитI, лыгъур гъэжьа IыхьэфI, нащэфIэIу гуэрхэр кърех, Iэнэ папщIэу зесхьэ пхъэбгъу кIапэм къытрелъхьэри, уэлэхьир хьэзимщ, бащырыбэ пIащэжьи къызыкъуехым. — Къущхьэ аркъэщ, — жи, иутхытхыурэ. — Пэтежщ, пэцыр иричу. Елъхъуэт щыщ си кIуэгъужэгъур кърисхуэупсащ. Сэ кумбыгъитI сиIэххэти, дыхъуахъуэщ-дыхъуанэри, тэмакъ кIуэцIыр езысых цырибоныр едгъэжэхащ. Зэредгъэжэхарауэ, шхалъэм нэсаи-нэмысаи жыпIэну щIэпхъуэри, уэлэхьи, си Iэпкълъэпкъ пщыкIутIыр зэлъигъэIэсам, итIанэ си щхьэм дэуежри, дунеижьыр нэхъ нэхуи хуаби къэхъуам. МащIэу дызэIурыури, Хьэмыщэ и нэ фIыцIитIыр къыщIэмыплъыжу зэхуишэу погуфIыкI, итIанэ, нащхьэ къысхуищI щIыкIэу, нэ сэмэгур зэтоуэ. — Уэ, ТIорэ, шы и пIалъэ уощIэ, — жыжьэ къыщрегъажьэ Хьэмыщэ. – Мы къущхьэхъу шы ицIыхуу зылI итмэ, уриетIуанэщ. Щытхъу зи жагъуэ щыIэ, ауэ сэ Iуэхур гушыIэм хуэсшэ хуэдэ сощI: — Сыт сыщIыетIуанэр, сымыяпэу? — Сэ сыетIуанэу зызбжыркъыми, — мэдыхьэшх Хьэмыщэ, бжьэр иригъахъуэурэ. – Дауэ къыпщыхъуа елъхъуэт цырибоныр? — Куэд щIауэ сIухуакъым мыпхуэдэу гуащIэ. СивоскIэ химылъхьауэ пIэрэ? Хьэкъарэвей хужь хэзылъхьэ щыIэу жаIэу зэхэсхащ, — Хьэмыщэ стэканым йопэм: — Хьэуэ, къабзэщ. ЖиIэнмэ, уэлэхьи, иджы хьэвей халъхьэу. АпхуэдэлIкъым ар къысхуэзыша Сослъэнбэч. НытIэ, ТIорэ, уэ шы и пIалъэ пщIэ къудейкъым, шыфI фIыуэ плъагъууи сощIэ. — Шы фIыуэ зымылъагъу цIыхухъу щыIэ? Сэ си псэм темыхуэр сигу ирихьа шыр хамэ шэщ щыщIэт къызэрыхъуращ. — НтIэ, тхьэ сIуэнщи, шы телъыджэ дыдэ сэ слъэгъуам игъащIэкIэ зыхуумыгъэфэщэн лIы гуэрым и бом щIэпхауэ. — Iэу! Ар сыт хьэдыгъуэдахэ?! Дэнэ къуажэ? Хьэмыщэ щхьэусыгъуэншэу, хьэмэрэ джэгуакIуэ гъуэгу техьэм ящыщтэкъым. Шыр зейр я жылэ гъунэгъурти, бгъэдыхьэпIи бгъэдэкIыпIи, унагъуэм я быдапIи тIасхъапIи зригъэщIат. ДыщыкIуэни — узыншэу нэху дыкъекIмэ, пщэдей жэщ хуэдэм, — шым и егъэзыпIэ тщIыни — псомкIи быдагъэ зэхуэтщIри, сэлам зэтхыжащ, Iэсэтин цырибоныр итфу чыржын зырызыр тетшхыхьыжа нэужьым. Нэху дыкъекIри, си шыхъуэгъури къэкIуэжати, шэджагъуэхуегъэзэкIыу пщыIэм сыкъытекIащ, кIуэаракъэ, сишрэ си уанэкIэ къыздэбгъуэн щымыIэу сызэпэщу, уи шым нал щIэлъакъым жумыIэмэ. Си гъусэр сыздэкIуэмкIэ къызэупщIакъым, апхуэдэу шу закъуэу сежьэу, махуэ-махуитIкIэ сыкъэтрэ сымыIэгунэщI дыдэу сыкъекIуэлIэжурэ есэжати. Хьэмыщэ зэдухылIа щIыпIэм къыщыспэплъэрти, дызэрыгъуэтри, гъуэгу дытеуващ, мэз лъапэ, зэхэзекIуэ щымащIэ къуэбэкъу, псыхъуэ хуэдэхэр къыхэтхыурэ. КъыщIыхэтхыни щыIэтэкъым, дэ дымыцIыху щIыпIэ зэгъуэкI куэд къущхьэхъу къыщыгъуэтыгъуафIэтэкъым. Ауэ, жыпIэну тынш щхьэкIэ, къущхьэхъу уикIыу Джылахъстэней пхащIэ укIуэныр мыбдей щылъкъым. Ди унагъуэ зы жэщ диса нэужь, лIищ дызэрыгъэхъури, гъуэгу зырызкIэ къулъшыкъухэм дежьащ. Сэ Мысостей, ДэхъушыкъуейкIэ сехащ, къутырхэм сыдэмыхьэу Бжьэкъалэ къуажэкIэмкIэ блэстхъури, Тэрч Iуфэ деж си шыр щыслъэхъащ. Модрей тIури къызэрысыххэу псым нызэпрокIри, дыплъэм къуажэр тлъагъуу дзэлыгъуэ гъуейм дей хэщIапIэ щыдощIым, уэлэхьи. КIапэдыгъухэ я лъапсэм дызэрихьэн сытхэр Iутэчнит тщIыжри, дэ щэху цIыкIуурэ къуажэ щIыбымкIэ декIуэкIри, жылэм пэIуха кхъэ мывэ хъунэм зыдэдгъэщхьэщэтыхащ, тIэкIуи дыкъепэсэуауэ пIэрэ жытIэу. Дыгъэри къуэпкIэну зигъэхьэзыр къудейт. Кхъэ лэгъунэ гуэр деж зыщыдгъэбыдэ пэтрэ, уэлэхьи, «Ясин» джэ макъ къоIумэ. Къуацэ-чыцэм дыпхыплъмэ, лIы гупышхуэ зэхэтщ, ефэндыр, и макъыр жьыбгъэм Iуихыу-къыIуихьэжу, уэлэхьи, еуэр иригъэшхыу «Ясиным» къоджэм. Арат иджыпсту нэхъ дызыхуэныкъуэр, жызоIэ сигукIэ, насыпыр Алыхьым къыдитащи, жэнэзыщIхэм зи ныбэр уз е зи щахэр къызыщыхьа гуэр къахэкIкъым. Ар сигу къызэрыкIыхарауэ, уэлэхьи, къуацэ-чыцэм къыхопщри лIитI тпэмыжыжьэу щоувыкI «щыщыщ» жоуэ иракIыхыу. — ТхьэмыщкIэ цIыкIу, и насып къэкIуэгъуэм щIы фIыцIэжьым кIуэжащ, — жеIэ зым. — Зэуэзэпсэт хъарыпыр… — Сыт нэхъ къеузауэ жыхуаIэр? — Хъарзынэу нэху къекIат, жаIэ, жэщ щыхъум, къытехуэри, лIащ. — Сыту епIэщIэкIыу щIалъхьа мыгъуэ? — Мо ди ефэндыми? Уэлэхьи, хьэдэр нэху къебгъэкIыу имыдэну, гуэныхьщ, жи. Финар нэхукIэ щыщIилъхьэ щыIэщ а плъагъум… Уи Iэли уи уди жиIэри, иукъуэдиящ… Хамэ жылэ щыщ Iыхьлы КIапэдыгъухэ яIэтэкъыми лъэпкъми захъунщIэщакъым. — Зи лIэ закъуэ, уэлэхьи, ущIагуэнум. Дэ жэхапхъэ щIагъым щIэлъэда дзыгъуэм хуэдэу зыдудыгъуауэ дыщысурэ, мо тIури IукIыжащ апхуэдэурэ зэпсалъэурэ. Ауэрэ хьэдэщIэлъхьэр зэфIэкIри, жэнэзым хэтхэр зэкIэлъхьэужьу кхъэм дэжыжащ пхъуэуэ зыгуэрым иубыдынкIэ шынэ нэхъей. Сытми, пшапэр зэхэуэу щыхуежьэм кхъэ мэзым дыкъыхокI, мывэ бжыхьым деж дыкъокIуатэри, кхъащхьэщIэм дегъэщIауэ дотIыс. Мис абдейм си нэгу щыщIэкIарщ мы си щхьэцыр изыхыр. Уэлэхьи, пэжу жызоIэм. НытIэ, дыздэщысым, уэлэхьи, си тхьэкIумэжьитIым дэгу-дэгуу гурым гуэр къоIуэмэ. Сэ Хьэмыщэ соплъ, Хьэмыщэ сэ къызоплъыж – жытIэнури дызэгупсысынури тщIэркъым. Гурымыр зэм зэпоу, итIанэ нэхъ хэкъузауэ, гур игъэкIыщтэу къоIу. Ар зэрызэхэсхыу сэ сыкъыщIэпхъуэжыну сыкъыщолъэтым, уэлэхьи. АрщхьэкIэ Хьэмыщэ напхъуэри, уэлэхьи, сыкъеубыдыжым: — ТхьэкIумэкIыхьыгур пшхаи! — жери. Сэ си Iэпэ кхъащхьэмкIэ сощI: — Сэрор къыхуехагъэнщ… -Уи адэу цIэм ишхам и бынщ ар! ТелIыкIауэ щIалъхьамэ зыкъищIэжауэ аращ. Апхуэдэ къохъу, — Хьэмыщэ унэжь цIыкIу хуэдэм мажэ, белитI иIыгъыу къосыжри кхъэщхьэдэсэм деж кхъащхьэр къыщызэтритхъун щIедзэ, сэри зы бел къысIэщIегуэри. «Быхъ» жыдмыIэу къиттхъум-къиттхъуурэ, сытми, пхъэбгъум дынос, мащэм жьыкIуапIэ худощIри, пщIэнтIэпсыр еткъухыу хьэблэлIым иратхъуха ятIэм щыщ куэд къимына жыхуаIэм хуэдэу къэдоунэщI, Хьэмыщэ пхъэбгъу зытIущ кърех, ерагъкIэ йоувэхри, цIыхубзыр кърихын иужь йохьэ. А уахътым абы и гызи щэIуи пичащ. ТелIыкIар лIэпамэ ди унагъуэбжэр хуэтщIыжащ, сигу къокIым, уэлэхьи. ЛIар псэууэ къыщIэпхыжами зыгуэрщ, ауэ хьэдэ мащэр къэптIауэ укъаубыдмэ, уи пIэм укърагъэкIым, азалыхьыр согъэпцI. Уэлэхьи, абы и гыз макъ зэхэпхауэ уэ зыгуэрым и фIэщ пхуэщIмэ си Iуэхумэ. — Сыт… сыт… — жысIэнур схузэгъэпэщыркъым. — Зи сытыр плъагъуркъэ? Жьы хуримыкъуу мэхагъэнщ… — Бауэрэ? — Мэбауэ-тIэ… Уи цейр щыхи убгъу. Сэ мыдэ иджыпсту… — жеIэри, уэлэхьи, си Хьэмыщэу плъагъум джэбыныр зэшэкIа цIыхубзыр кърелъэфым, сэри соIэбэри соубыд… Сытми, си цейм тыдоукъуэдиери, цей къуащIэхэр тыдопхъуэж. Абы иужьщ Хьэмыщэ джэбыныщхьэр итIатэу и жьэгъум щIэпхыкIа IэлъэщIыр къыщигъэлэлар. — ЗыкъищIэжмэ, шынэнщ, зыгуэр жедгъэIэ, дегъэпсалъэ, — жи Хьэмыщэ. Сэ си дзэр зэтеуэу сокIэзыз, Хьэмыщэ зауэм хэтат, лIа Iэджэ зэригъэзэхуэжати нэхъ гу кIуэцIылът: — Зэхэпхрэ, дахэ цIыкIу, иджыпсту фи деж дыкIуэжынщ, умышынэ, ди зэран уэкIынукъым, — жи, арщхьэкIэ тхьэм ещIэ игу къэкIар, IэплIэкIэ къещтэ, кхъэм къыдехыжри, уэрам щхьэIум тет кхъужьеижьым и лъабжьэм деж егъэтIылъ. — Мо пщIантIэм дыхьэ абыжми, — жи, — цIыхухъу дэсмэ, къыдэш, цIыхубз гуэри гъусэ къэщI, къэхъуар яжеIи, пIэипхъуэ-щащыху хуэдэу зыгуэр къафщти, псынщIэу къэгъэзэж… Сэ гъуэгум сызэпрож, я хьэр къысщыхьа щхьэкIэ къэзмыгъанэу сыфIыдохьэри, щхьэгъубжэм сытоуIуэ. ЛIыжь гуэр къыщIокIым, уэлэхьи, баш кIэмщхьэм иIыгъыу. — Сэлам алейкум! — ерагъкIэ къыдызошей. — Уалейкум сэлам, еблагъэ. — Уа, тхьэмадэ, нобэ лIа гуэр щIэфлъхьэжат? — НтIэ, мыгъуэ, Бидонэ и хъыджэбз цIыкIум и жэнэзы щыIащ… Абдежым сызэIынэ-сызэIыкIыу къэхъуар жызоIэ. ЛIыжьри сызэпимыуду къызодаIуэ. ИтIанэ «псори Алыхь Iэмырщ», жеIэри щIохьэж. ЦIыхубз щIалэ щIыгъуу къыщIокIыжри, къыдогъэзэж. ЦIыхубзым зыкъищIэжатэкъым, ауэ моуэ-щэ, куууэ бауэ хъуат, зэзэмызэ къыхэкIэзызыкIми. Фызым къыздихьа пIэипхъуэшхуэр хъарыпым иришэкIащ, къэдгъэтэджыжа лIыжьыр лъапэрапэу зи куэбжэр зэIудза унагъуэм я деж дэжеящ. Асыхьэтуи щIалэ зытхух къэсщ, я нэр къихууи, жаIи зыщIэупщIи щымыIэу, я шыпхъур драхьеижащ. Нэхъыжь гуэр яхэтти, дэри дыздишащ. Iуэхур зэрыхъуар яжетIэжыху дохутыр къашэнтэкъэ — сытми, мастэ хаIуа, хущхъуэ жьэдагъэлъэда, Iэнэ къытхуащтэ къудейуэ, зыгуэр къыщIыхьэри, хъыджэбз цIыкIум зыкъищIэжащ, иджыпступцIэ сымаджэщым яшэнущ, жиIэри, ди стIолым цырибон шэтвэр къытригъэуващ. ГуIэкIэ къежьар гуфIэгъуэ хъужауэ жэщ ныкъуэфI хъуху дызэхэсащ, нтIэ ауэрэ ущысынт, арщхьэкIэ дыкъыщежьэжми къытпэувахэщ, фы-лъэсщ, апхуэдэу фыдутIыпщыжынукъым, ныжэбэ фыкъытхэс жари! Дэ дыкъыщIежьар абыхэм яжетIатэкъым, ауэ ди пцIыр абыхэм я фIэщ хъуауи фэ ятеткъым. АрщхьэкIэ, уIэли-ууди жоуэ щызэтедмыгъэхьэххэм, Бидонэ пщIантIэм дыкъыдимыгъэкIыу лъэныкъуэкIэ сыIуишащ. — Къуныжьей нэс укъикIыу, уэлэхьи, уэ мыбы лъэсу укъэмыкIуа, ТIорэ, уи щIыхуэшхуэ къыстехуащ. Азалыхьри цIыхури узогъэлъэIу сэбэп сызэрыпхуэхъуфын Iуэху гуэр щыIэмэ, къызжепIэну. Уэ усабийкъым, сэри сыщIалэжь цIыкIукъым — емыкIу къызомыгъэхь. — Ди зэхуэдэ щэхущ, Бидонэ, — жызоIэ, — хьэдрыхэ здэтхьын щэхущ мы уэсхьэлIэнур-тIэ. — Си адэу мы щIы фIыцIэжьым щIэлъым и пащхьэ кхъуащхьэ сфIэту Алыхьым срихьэж, зыгуэркIэ сыкъэхашэу щытмэ, — жеIэри, Бидонэу плъагъум си Iэр къеубыд, тхьэ. — НтIэ, — жызоIэ, — мы къуажэм КIапэдыгъухэ ялI гуэрым цIыхунэ зытемыплъа жыхуаIэм хуэдэ хакIуэ бэлыхь иIэщ. Мис ар здыгъуну сыкъэкIуауэ арат, пэжым ущыхуейкIэ. Къэзбгъэдыгъуфын ар? Бидонэ псалъэ жимыIэу пщIантIэм дэт гупым сахешэж, шэсыжыбжьэ цырибон стэчаныр къысIэщIегъэувэ, уэлэхьи, абыми, мэкъуэщымкIэ йохьэм, асыхьэтуи нахъутэ фIэкIа зыпщIыхэмылъ хуарэ екIур кърешри, нахъутэпсыр къысIэщIелъхьэм: — Мис КIапэдыгъухэ яш укъыщIежьар. Уи анэ узригъэфа быдзышэу уи хьэлэлщ, — жеIэри. Сымыда, сыдэлъея щхьэкIэ сыхэмызагъэу, шым уанэ трилъхьэнтэкъэ, шхуэ дахэкIей пщIэхилъхьэнтэкъэ, апхуэдэу сыкъыдишыжри сыкъигъэшэсыжащ. Хьэмыщи алащэжь гуэр къыхуагъуэтри къызбгъурагъэувэжащ. Я псэм ищIагъэнт ар къызэрысхуэбзэIэфIар. Дауи, ямыщIэнрэт — Джылахъстэней зэрымыцIыхуу унагъуитI искъым — зэгъунэгъу къуажэхэр зэрыщIэнтэкъэ? Сэри мурад мыгъуэ сщIати, сымыныкъуакъуэу шым сышэсри сыкъежьэжащ. Дишхэм егъэзыпIэ щахуэтщIам дыкъосыж, цырибон тIэкIу дызэфар ттеужауи, дишхэм уанэ тыдолъхьэж. Си хьисэпыр яжызоIэ. ТIуми «хьэуэ» къыхагъэкIыркъым. Сытми нэхущ дахэм деж КIапэдыгъухэ етхулIащ. Жылэр жей IэфIым хэтт. Бидонэ деж Iэуи-лъауи щыIэкъым. ХадапхэмкIэ сыкъыщохьэ абыжми, IумпIэм жыIэдаIуэу къыкIэлъыкIуэ шы цIыкIур, уэлэхьи, бом щIызопхэжым, бжэр хузощIым, хьэлъкъыр изогъэлъэдэжри — сокIуэ-солъей, кIэбгъу зыкъызощIыжкIэ тхьэ соIуэ. Абы и ужькIэ КIапэдыгъу Бидонэ, зэ закъуэ псалъэ къысхуигъэхьа мыхъумэ, езыр къыслъыгъуэзакъым. Сэри къысхуиIуэхуар сигу илъурэ Къущхьэхъу сыщыIащ. Бжьыхьэ уэсыр къыттеуэу дыкъехыжа иужь, зыкъызэщIэзупсэщ, фIыуэ сыкъызэсэбауэри, махуэ гуэрым, уэлэхьи, Джылахъстэней сохмэ. Сиш цIыкIур къафэу, бгъукIэ зыщIригъэхрэ лъэсырыкIуэхэр игъащтэу. Хьэмыщи къыспэплъэрти, доуэри КIапэдыгъухэ дыщопсыхым, уэлэхьи, мащэм къитхыжа хъыджэбзым хуащIыж тхьэлъэIум дыхэтыну. Дыкъыщефэнтэкъэ-дыкъыщешхэнтэкъэ. Унэхъунум и дзэр хъудырым Iуеуд — яIэтмэ, гъущIэу, ягъэувмэ, щIытэу къафIэщI япхъу цIыкIури зэ къэзгъэфащ, къежьэжыгъуэ хъуауэ къэзгъэуджащ! Сытмэ, дышэсыжауэ дыкъыдэкIыжын пэтрэ бжэIупэ джэгум дыхэлъадэри, хьэдрыхэ щIэмызэгъа угъурсызыр Хьэмыщэ и шыплIэм дэсу дыкъыдэжыжам уэлэхьи, хъури бзыри къыткIэлъыпхъэрауэ…. Фи фIэщ мыхъумэ, гуэгуш шыр игъашхэу мо пщIантIэм дэс фызыжь цIыкIум феупщI. А жэщым шыдыгъу ныбжьэгъуу сиIар скIэрылъэлъыж пэтам, уэлэхьи! Шыгъэпщ — Уигъэшына? — жыпIа? Мобыи?! — гъуаплъэ тас цIыкIум ещхьу лыд и щхьэфэм ТIорэ щабэу толъэщIыхь, итIанэ и ни, и пи, и Iупи зэхипщэжыну игу къихьа нэхъей и нэкIур зэхеIуатэ, иужькIэ зэлъахэр ишэщIыжыну мурад ищIам ещхьу, IэгуитIымкIэ нэкIущхьэхэр кърилъэщIэхыурэ фэ пIащIэр еукъуэдий, арщхьэкIэ — фэIуадзэм дэлъа вакъапхъэр захуэ хъужрэ? — ТIорэ и нащхъуэ цIыкIуитIыр нэхъ нуру къилыдыкIа мыхъумэ, дауи, гъащIэм зэхиIуэта и нэгум зишэщIыжакъым. — Псэ зыпыту мышынэ щыIэкъым, си къуэш, уэлэхьир хьэзимщ щымыIэкIэ, ауэ узэщышынэу зы унэ уис хъунукъым, нэмыс уяку дэлъмэ, уэлэхьи, зэдауи зэзауи щымыIэ. «Фыз IэштIымым имыгъэса лIыр лIы хъунукъым» жызыIэм хьейр еутэ, тхьэ соIуэ еутэмэ. Фыз губзыгъэм и Iэпэм лIыр, уэлэхьи, езым фIэфIыпсу къыдокIэрэхъуэкIмэ. Уи фIэщ мыхъуу ара уи Iупэ цIыкIур щIызэтежыр? УзэрылIэжынум хуэдэу хьэкъ щIы-тIэ а бжесIар, — и унэгуащэр къэувауэ къызэредаIуэр щилъагъукIэ, ТIорэ и псалъэм и лъагъуэр ехъуэж, нащхьэIущхьэ ищIурэ: — Фи фIэщ мыхъуу ара? Уэлэхьи хьэзимщ щIэхъуни щымыIэ, тхьэ щымыIэ. Яжьэр зэIищIэу жьэгум дэсым дедэIуатэмэ, билэхьи-талэхьи, адыгэм зылI къытхэмыкIыжынт пыIэ щхьэрыгъыу, кIэрэ плIэрэ щыд-мытIагъэми, щхьэфIэпхыкI ттелъу драгъэжьэжынтэм. Ей, уэракъым сэ зи гугъу сщIыр, сыт уи нэщхъ къыщIысхузэхэплъхьэр? СыдэкIуейм сыкъехыжу сыткIи тхьэ фхуэсIуэнщ КIапэдыгъухэ я пхъум хуэдэ мы Къэбэрдейми, мо Джылахъстэнейми, Хьэжрэтми къыумышыну. Уэлэхьи алыхьу тэгъэлам и цIэкIэ сIуэнщи, лIыр зэрыпсэууэ зыхуэгъэвэпхъын уэр фIэкIа нэгъуэщI цIыху сэ срихьэлIамэ, — ТIорэ и пэ лъабжьэм щIэмыт пащIэр ирелъэщIэкIри: — НысащIэм еджи а зэдэтщIэр къытрегъэгъэувэ мыдэ. ДызэрызэIурыун уэри къэгъэхьэрычэт, укъыткIэщIэдэIухьу ущымыту! Тхьэмадэм и псалъэм пэплъа нэхъей Iэнэ лъахъшэ цIыкIу къегъэуври, нысащIэм лэкъум хуабэ, кхъуей плъыжь убзыта, зи щхьэр быдэу фIэпхыкIа шэтвэр, стэчан Iув зытIущ къытрегъэувэ. — Ботэщей къысхурашащ. Алыхьыр арэзы къыхухъу, сыщыгъупщэркъым Хьэмыщэ. Ахэм къущхьэ аркъэ жыхуаIэращ, дэ цырибон жыдоIэ. Пэтежщ, дэпым тепкIэмэ, «дыргуэ» жиIэу къэлыду. Феплъыт мо къакIуэм — фадэмэр къыщIихьагъэнщ. Къеблагъэ, си гъунэгъу, къеблагъэ, стэчан къыщаIэтым уэ унэмысмэ си Iуэхущ. Хэт и «гуп махуэ апщий»? Бжьэ ямыIэтауэ гуп махуэбжьэ ятрэ? Къебгъажьэ хабзэщ, жыпIа? Ар жызыIар пасэрейрщ. Пасэрейм нэгъуэщIи жиIащ — шхын зи Iуэху шхын хуозэ. СогушыIэ, ей, губгъэн къысхуумыщI — уэ ухэзну дапщэщ сэ Iэнэ къыщысщтар, къакIуэ мыдэ къэтIыс, си гъунэгъу. Деплъынщ къущхьэ аркъэм къыдищIэм… А уэ пщIэр хадэмкIэ итщи, къыщикIыжкIэ стэчаныр IэщIэгъэувэ, Къасбот. ПщIэркъэ уэ абы и хьэлыр, уэлэхьи, темыкIуэдэну, джэд тхуимыукIми, лы гъур дзасэм пиIунщи пхуигъэжьэнщ, «ЛIыгъэвэпхъ» жоуэ къыбжьэдэхумэ, дыкъэбгъэсыжауэ тхьэ сIуэнщ, и джэдыгужьыр къытхузэригъэдзэкIынщ… Еи-и-и, а си сэрори ар, лIы гъэвэпхъын и натIэ илъу хьэдрыхэ мащэм изэгъэнт? Ди анэ тхьэмыщкIэм ауэ сытми Ямылей фIищатэкъым. Iэджэжь си нэгу щIигъэкIащ абы, «Тэрч лъэмыжыжь мыгъуэр сыту псым тримыхрэ, джылахъстэней хъыджэбз къызэпрамышыфын хуэдэу» жезыгъэIам ящыщщ ар, си гъунэгъу. Iэгумыгу къызыхэмыкI щыIэкъым, си гъунэгъу, ауэ и Iуэху Iыхьэ ноби ирехьэкI, быныр зэщIипIащ, ауэ, уэлэхьи, пэжыр пхуэмыбзыщIын — и жьэр джатэщ, ябгэкIэ ябгэщ. «ИмыкIыжащэрэт жыпIэу уи гур дзапэкIэ пIыгъыу удопсэу»,-пIа? Уэлэхьи, сыдопсэумэ-тIэ. Сыт уи гугъэр? Сэ къысхуэябгэкъым ар, дызэрызэдэпсэум сыт и жыл? Уэ улIмэ, сэ сыфызщ, жоуэ зэ закъуэ нэхъ мыхъуми къыспэувакъым. Алыхьым дежкIэ плъэи жыIэт, Къасбот, узигъунэгъущ, си гъурри си цIынэри уощIэ, пэжкъэ жысIэр? Сыщытхъууи сыщымытхъу, уэлэхьи, икIи сымыуб, мыдэ уигъэшына жаIати, абы къытехъеикIауэ аращ. Шыдыгъу шынэ хэт зылъэгъуар, тхьэм щхьэкIэ жыIэт! Уэлэхьи, сэ сримыхьэлIа, жаIэуи зэхэзмыха, си къуэш. ЩымыIэмэ, плъагъун? Ы-ы? Аракъым Iуэхур здэщыIэр. ЦIыхум и хьэл фIырыфIкIэ зыхиныркъым, шынэ уз къеуэлIауэ щытми… Хэт сэ къызэуэлIауэ къыбжезыIар? Къасбот фIэкIа ар жызыIэфын ди хьэблэ дэсыжкъым, ауэ и гум уихьэу къыумыхамэ, ар абы къызэрыжьэдэпшыфын къару мы дунеижьым теткъым, тхьэ темыт. Ажалым укъыщыгъупщауэ дунейр щыбутэкIэ, зыгуэр къофыкIынкIи хъунщ-тIэ. Ар мы Iуэхум щыщкъым, си къуэш… НтIэ-э, еуэщ абыжми,- сыт щIа абы лъандэрэ! — ди нэчыхьри ятхщ, мо уэ пщIэр зигъэтIейуэ унэ ирашэщ, саубэрэжьурэ сэри щауэ срашыжри, лэжьапIэ Iуэхуи зезмыхуэжу пщIантIэм сыкъыдэнэжауэ сыдэст, кIэлъхуозми зэкIэ си гугъу къимыщIу. Си тIроцэт сытми. Си тIроцэшхуэти, ди адэр нэкIэ къызэпэбжьауэ, ди анэ тхьэмыщкIэр нэхъ гу щIыIэ къысхуэхъуа къысфIэщI щхьэкIэ, уэлэхьи, нысащIэр къэзгъанэу губгъуэм сихьэжыну си псэм зикI къимыщтэт. Зызогъэделэ, зыри сымылъагъу, зыри зэхэзмых зызощI. Апхуэдэурэ зыкъом кIуауэ, зы махуэ, сэ сыдэмысу, ди куэбжэпэм шу гуэр къыIуохьэ. КIапэдыгъухэ я пхъум пщIантIэ ипхъэнкIыу «шокъу» жиIэу кърохьэлIэри: «уэр дыдэрщ сызыхуейр, дахэ, кхъыIэ, мыр щауэ щIалэм схуетыж» жеIэри зэкIуэцIылъ гуэр къретри езыр — мэхь-мэхь — Iуожыжри йожьэжым, уэлэхьи. СыкъыщыдыхьэжкIэ, «мыр къуатыжащ», жеIэри, зэкIуэцIылъыр къысхуешииж. ЗэкIуэцIысхмэ, чысэ укъуеяижь къыкIуэцIокI. КъэсцIыхужынтэкъэ а чысэр! Хьэдагъэ кIуэнт къэзмыцIыхужу, сысейуэ щыщытакIэ. Ар къысхуезыгъэхьари къагъэхьам къикIри къызгурыIуа щхьэкIэ, зызогъэделэ, лэгъунэм сыкIэлъыщIохьэжри, чысэм къикIа мастэкъуаншэр си нысащIэм изот. Мобы жимыIэIауэ сIех абыжми, сызыбгъурегъэтIысхьэм, уэлэхьи. ИтIанэ, мастэ къуаншэр и бостеймрэ си джэлэфей гъуэншэджымрэ зэрипхыу хеIукIэ тхьэ соIуэ. Умыделэмэ, къыбгурыIуэнтэкъэ? Си шэкIуумэкIуухэм сэ жан е щIопщ, сэ сщIэ мыгъуэрэ, пIэтIрон мыузэда къысхуагъэхьмэ, сыздэкIуэнури сщIэн хуейри къызгурыIуэрт. Фызыфэ къызаплъу, еIулIауэ щыс а уи фыз цIыкIум жаIэу къысхуаIуэхуауэ, сигу техуэнт? Пшапэр зэхэзгъауэри, къуажэ бом сыкIуащ, шы хьэху къэслъыхъуэну. АрщхьэкIэ сылъэIуэн хуей хъуакъым — шыкъаз телъыджэ бом къысхущIапхауэ къыщIэкIащ, шы фащэкIэ къызыхуэт щымыIэу. Шыху гъусэхэр къыщыспэплъэ щIыпIэри абдеж къыщысщIэнтэкъэ? Алыхьым и шыкуркIэ, а жэщым си кIуэгъужэгъухэм сахыхьэжащ. Махуэм кIэлъхуозым сыщыIэпыдзлъэпыдзу, жэщым ныбжьэгъум сакIэрыдзэнурэ бжьыхьэри кIуэщ, щIымахуэр кIэлъыкIуэжри, гъатхэм ди адэм сызэхигъэкIащ: «Быным хуащIэр пхуэсщIащ, уи щхьэ гъэпсэуж. НэхъыщIэхэми а уэ плъэгъуар ялъагъун хуейщ» жиIэри. Арати, къуажэ щIыбым къыщысхупача щIапIэм чыбжэгъу унэ схуращIыхьщ, и щIыби кIуэцIи къраекIыжри, сэху дыдэ ирамытауэ сыщIадзащ, псэу иджы, ТIорэ, тхьэр умыгъэпцIамэ, пхъэбгъу зэрыдза зы гъущI гъуэлъыпIэжь улъиярэ шэнт щхьэгуэжьитIрэ фIэкIа щIэмыту. Алыхьыр арэзы къыхухъу си анэ шыпхъум, зы стIолрэ хьэкъущыкъу тIэкIурэкIэ къысхуэупсащ. Уэлэхьэ, мис апхуэдэу сыпсэун сытIысам сэ, сыкъэплъагъур. ХуэмыщIауэ жыпIа? Нэхъ къулейсызыж Iэджи щыIащ. Уэлэхьи, щыIам. Пэжкъэ си гъунэгъужь? МылIэр лIы мэхъу, жи, уи Iэ-уи лъэ бгъэхъей закъуэмэ, кIэлъхуозым укъуэлIыкIынукъым, укъуэмытхъыкIыщэнуми. ЗэкIэ кIуэгъужэгъур си мащIэми, уэлэхьэ-э, си лъапсэщIэр Алыхьым узэрелъэIунтэмэ: гуартэ къепхулIамэ, теплъэн щыIэтэкъым. Дауи, цIыхур хьэфиз зэтемыхъуат, ауэ имылъагъупхъэр зымылъагъур игъащIэм нэхъыбэIэ… Ауэрэ декIуэкIыурэ унэгъащIэхэм дыкъатIысыхьащ. Абыи удэкIуэтэнт… ПащIэр лIэуэ дунейр тIэкIу къэлэла щхьэкIэ, куэд мыщIэу властым щIикъузэжынтэкъэ. Алыхьым ещIэ пащIэIуантIэр щIикъузэжыну зигу къэкIар. Пэлнэмочэу мылицэ лIы хъарзынэ гуэр диIати, жылэм дашыжынтэкъэ. Бригадир хуэдэу къытхэт БжьыхьэлI и къуэр и щхьэр ищIагъыу традзынтэкъэ, Iуэхум ткIийуэ убгъэдэткъым жаIэу. Сытмэ, уэлэхьи, ди тIроцэр къыдагъэухам. БжьыхьэлIым и къуэм дыхуэдзэлашхэти, ар зэрыдыщэ-налкъутыр къыщытщIар Хьэшым къыщытхуагъэкIуа махуэращ. БжьыхьэлI хуэдэу, шууэ уэрамхэм ирикIуэурэ нэрад зытым ящыщтэкъым Хьэшым. Пщэдджыжь нэмэзым, аркъэр къыIурыжу, модэ мо ди Iуащхьэжьым къытеувыIэнти, хьэблэм уахэхъуэнэнумэ, уахэгъуэгъуэнумэ къеблагъэ! Абы къыдимыпэсар укIуэдыж! И щхьэр щхьэ пывмычарэ жыпIа? Дытхъэжу тшэчрэт, зыгуэр зыкъуэмылъ жылэм дэстэкъым — хэт нартыху матэ, хэт гуэдз пэгун, сэ сщIэ мыгъуэрэ, зэкъуэхуауэ зрихьэлIа гуэр къэзымыгъэIэбжьэнар зи Iэр хуэкIэщIым я закъуэт, уэлэхьи, укърагъэплъынтэмэ а уэ пщIэм. Жэщ кIыфIу ирихьэлIэу и джабэр щыхущIаудаи щыIам, уэлэхьи, Щхьэлыкъуэпс лъэмыжым щедгъэлэлэхаи къэхъуам. ЛIы инатт — зэрыбгъэдзыхэн щыIэтэкъым. Хьэблэм лIыуэ дэсым ди пыIэкур къытхуизыудар хадэм илъэда мо фызыжь цIыкIуращ. Абы щыгъуэ фызыжь цIыкIуа ар сытми? НтIэ, и пэр умыщIэу и кIэр пщIэркъым, жиIащ пасэрейм. Апхуэдэу сыкъекIуэкIыурэ, уэлэхьи, Хьэшыму плъагъум Iуэху сыкъещIым. Тхьэ сIуэни, екIэ си ужь къохьэм: «Шыгъэпщ мэкъуауэ удэкIынщ, жи, хьэуэ жыпIэрэ, а зэдэтщIэм укъизгъэплъынщ», жи. Ар си щхьэм ихьауэ сызэрыхэплъэр КIапэдыгъухэ я пхъум илъагъунтэкъэ? «Сыт лIышхуэ бэрагъуэ ущIепэзэзэхыр? — къызоупщI пщыхьэщхьэм дыгъуэлъыжауэ си напIэ къемыхыу сыздыхэлъым. — Шыгъэпщ къызыхуигъэщIар цIыхухъущ, зыкIи уигу умыгъэныкъуэу дэкI, — уи щIыбагъ мывэ чэщанэу быдэщ, къыбгурыIуа? Быдэщ, — трекъузэ быдэм, уэлэхьи. Ей, си къуэш, фызыр гум йохьэри, илъыр къещIэри къокIыж, алейкIэ щубзыщIыну упымылъ. ПсэкIэ къищIат си псэр зэрыгъур: Хьэшым цIыхубз куэдым я напэ трихат. Уэлэхьи, бжэр хуIузыха фызабэ мэжэлIа гуэри щыIэнмэ, ауэ зи щхьэ пщIэ хуэзыщIыж ар и гупэ игъэгъуэлъауэ, КъурIэным сытеIэбэурэ тхьэ сIуэнщ, ноби си фIэщ мыхъуу. Ауэ дыхьэдэкIыу щалъагъукIэ, гурыщхъуэр дэнэ пхьын?! Сытмэ, пщэдджыжь шей дефа къудейуэ, уэлэхьэ, КIапэдыгъухэ я пхъур и Iэр кIэпхын щIагъым щIэлъу си пащхьэ къоувэмэ, «уи уэщышхуэр къызэт» жери. «Уи натIэм ибукIэну», согупсыс сигукIэ, унагъуэм укъызэрихьэрэ пхъэ IэплIэ уэзгъэкъутакъым», ауэ «Iым» жызмыIэу сыщIокI, пхъэ къутапIэм хэупцIа джыдэжьыр къыщIызохьэри изот. СIех, йоплъри, игу иримыхьауэ и напщIэр хеш, ауэ зыри жиIэркъым, джыдэ гъэфIэн зэрызиIэр ищIэ пэтми. Арати, щIокI. Щхьэгъубжэм сыдэплъмэ, джыдэр сабийм хуэдэу и бгъафэм щIэлъу гъуэгум зэпрокIри Былухэ долъадэ. Мы гъуэгу мыгъуэм емыжьэным зэрихуэр сыт жызоIэри, сэри сыкIэлъожэ: Былу и фызымрэ абырэ зэхуилъат, сыкъэгузэвэнтэкъэ? Гъунэгъу закъуэ къызэтIысылIам псалъэмакъ яхилъхьэмэ, жысIэу си псэр дзапэкIэ сIыгъыу сыдыхьэмэ, уэлэхьи, си Былууэ плъагъум си джыдэжьыр елъым, уэхь-псыхьу мобыи мывэшэрхъыр егъэкIэрахъуэмэ. Былуи зэрылъэкIкIэ джыдэр шэрхъым трикъузэу къысфIощIым. «ЛIо, — жи, — зэлIзэфызым джыдэ дзагуэжьыр фIыгъыу къыщIэвжыхьыр?» Сэ зызыкIуэцIызгъэпщхьауэ сыщытщ, фызым пщIантIэпсыр къежэхыу шэрхъыр егъэкIэрахъуэ. «ТIэкIу зегъэгъэпсэху нысащIэм», — мэдыхьэшх Былу. «Си Iэблэр мэуз», — здэркъым сэри. ИгъащIэкIэ илъынт — джыдэ тхьэмпэм и Iэр иригъажэщ, и дзэм пэрыIэбэщ аби, уэлэхьи, пхъэ ирипкъутэн дэнэ къэна, жьакIэ ирибупс хъунмэ, жиIэу къысхуишият, арщхьэкIэ нысащIэ жыхуаIар пхъуэри къызригъэтакъым. Фызым зыкъиплъыхьщ-зыниплъыхьри, бжыхьыбгъум деж хэт балией цIынэ цIыкIум бгъэдыхьащ, «жьгъутх» жиIэу еуэри къудамэм я нэхъ иныр, уэлэхьи, къриупщIэхам. «Мис — слъэгъуакъым жумыIэж, — и щхьэ цIыкIур хуищIащ Былу и фыз къыIухьам. — ЛIыр пщэдей Шыгъэпщ докI, сэ цIыхубз закъуэу унэм сыкъыщIонэ, гъунэгъуу фэр фIэкIа симыIэу губгъуэм сисынущ — мор дэмысу си куэбжэр ныIузыхым балиейм и махуэр къыхуэзмыгъакIуэмэ, азалыхьым и нейр къысщыхуэ!» Ар къыдидзщ абыми, уэлэхьи, ущу къекIуэкIыжам, дызэплъыжу щыри пщIантIэкум дыкъринэри. ПщIантIэм сыкъыщыдыхьэжам джыдэжьыр пхъэкъутапIэм хэупцIауэ хэлът, езыр жьыщIэу бжэIупэм Iутт. Джыдэм сызэреплъыр щилъагъум, къысщыдыхьэшхащ. «Абы и Iуэху ищIащ, зрегъэгъэпсэху иджы. Еплъыт мо уэрамым къыдэлъэдам, си хъыбар бжэныцрэ хьэцыпэу дихьэну Iухуейкъэ? Сыдрырехьэ, ардыдэрщ си нэр къызыхуикIыр, ТIорэ, — жи, си цIэр къригъэцIэфту, — гъущI куэбжэ пхухэслъхьэу IункIыбзэ естыжауэ бжы, ар Iузыхыфын лIы Къуныжьейми Щорданхьэблэми къыдэкIмэ, лIым я лIыжщ». Маисэу щIэлъыкIа джыдэр зыгъэдалъэ фыз къуажэм къыдэбнэу уежьэжыныр, тхьэ сIуэнщи, мыIуэху джэгут. КIапэдыгъухэ я пхъур къызыкъуэгушхукIа гъущI куэбжэр апхуэдэу Iумыхыгъуейуэ къызэрыщIэкIари тесIуэжынщ уэлэхьи. Жэщым зэлIзэфызым пIэкум щащIа унафэр быдэщ, си къуэш, къутэжыгъуейуэ… Шыгъэпщ укIуэныр Iуэху къызэрымыкIуэт, апхуэдизкIэ гъуэгу къуейщIейщи. Фэ къыфхэт абы дэкIа? Уэлэхьи, фи дежкIэ ар ХьэрыкъуэкIэ нэхърэ нэхъ жыжьэжым-тIэ. Мис, Къасбот ещIэ — гъуэгу нэхъ благъэ щыIащ. Абы щIы кIапэ къыщыдатам щыгъуэ аращ дызэрызекIуэу щытар, Шэджэм псыхъуэкIэ къэдмыкIухьу. Махуэ псо хэт гъуэгум езыгъэхьыр, кIакъуэми нэхъ благъэ щыIэу? НтIэ, гынбжьыным зыпысшэкIэ мыхьэнэ зэримыIэр хьэкъыу сщIэрти, сыгугъугусми гъуэгу сызэрытехьэн зесхуэу щIэздзащ: сиш цIыкIуитIыр зэпыслъэщIыхьащ, Iэпслъэпсыр зэзгъэпэщыжащ — шы тхьэкIумэ дэплъыфыр Iэпслъэпсым хуосакъ, арыншэу хъунукъым. ЦIыхур япэу зэплъыращ — зи Iэпслъэпс зэпэщым уигъэхутыкъуэнукъым, сигу нэхъ къеуэр Къуэшыркъуей щезгъэщIа гур зэпысхын зэрыхуейрт — гупкIэр кIэлъхуоз дворым къыдэзнэу гуплIэкIэ сежьэн хуейт. Шыгъэпщ гъуэгум арат узэрыпэлъэщынур, абы щыгъуэми гуплIэщхьэнтэм тепхауэ пIитIанэр дэсшынут. Арати, си шыгукъуи, шыбжьи къызэпэсплъыхьщ абыжми, гулэгущтэ зыхуэсщIын щымыIэу апхуэдэти, уэлэхьи, нэхущ пэнцIывым зызужьам, дыгъэр къэмыплъ щIыкIэ си гъуэгу хэзгъэщIынщ, жысIэри. Къундэтей къуажэкIэмрэ Пырсыленцымрэ я кум дыгъэр пIырыпI плъыжьышхуэу къыщиувам Мурат и щхьэлым блэстхъури, Чыцыпей Iуащхьэм ухуэзышэ лъагъуэр сIыгъыу, нэкIу задэм сыкIэрыхьащ. Сэри шыхэми насып диIэти, нал ящIезгъэлъхьат — я лъабжьэр щIиудынт земыкIуэжыфу, апхуэдизу дэкIыгъуэщ, апхуэдизу мывалъэщи. СлIо уи гугъэр-тIэ — шэрхъымрэ шы лъабжьэмрэ явэмэ, уэшх псыхьэлыгъуэм щIы щхьэфэ пIащIэр кърилъэсэхыурэ, мывэ джейхэр къыщIэщат, налхэр тецIэнтхъукIыу. Сытми дебыркъ-дешыркъыу, дыкъэувыIэмэ, тIэкIу зыдгъэпсэхумэ, дежьэжурэ шэджагъуэ нэужьыфI хъуауэ бгы пщэдыкъым сыщхьэдэхащ. Куэд мыщIэу кIэлъхуоз пщыIэм сынэсащ. Ей, си къуэш, губгъуэм иту еса цIыхум къуажэр къозэвэкI, жьыр хурикъуркъым. Зи щIалэгъуэ-гурбияныгъуэр Къущхьэхъу щызыхьа ТIорэ, уэлэхьи, си тIроцэтэм — гъунэгъу пщыIэхэм си ныбжьэгъужь тесу къыщIэкIам. Дигу къэдгъэкIыжыни ауан ды- щIызэрыщIыжыни ди куэдт. Тхьэ сIуэни, махуэ псом шэмэджыр зэрыдгъэкIэрахъуэри къыдэмыхьэлъэкIт — уи ныбэ изу ушхэу тIэкIу зыбукъуэдиижа нэужь, мэкъу узэреуари пщогъупщэж, пщогъупщэжри жэщым зумыгъазэу уожей. Къуажэм къэзгъэна унагъуэр сигу къридзэ, агъэбыгъэ хъуа сабийр сигу къэкI щхьэкIэ, сыжэмыжьыгутэкъым, уэлэхьи, си гъусэхэм закъезгъащIи мыхъунут, си ауаныр башыпэм паIунут. Зы ауан сиIэщи, ящыгъупщэж хуэдэ хъуа къудейщ, етIуанэ дауэ яхэплъхьэн? Зы ауанри? Ар илъэс зытIукIэ нэхъ ипэ къысщыщIат… Еуэри-щэ, Iэбгъэ пщыIэм дытесу гъуэмылэр къытIэщIэухат. КIэлъхуозым дащыгъупща хьэмэрэ къытхудэзышын ямыгъуэтарэ? Сытми, уэлэхьи, нартыху хьэжыгъэ зэрылъа къэпыр дыутхыпщIри пхъэлъантхъуэм еддзыжам. Мырамысэ, чыржын, сэ сщIэ мыгъуэрэ, къылыш жыпIэн — гъэш и гъусэу — арат ди шхыныгъуэр. Шху къудейм сыт къыпхуищIэн? Апхуэдэу пщыIэм сытесу фоч уэ макъ зэхызох. Сыплъэмэ, Къуэшыркъуейм я уэтэрым си ныбжьэгъужьыр тетщ, упщIэ пыIэр къысхуегъэкIэрахъуэри. КъакIуэ, жи, и Iэр къещI. СыкIуэныр хъарзынэт, гугъур сызэрыкIуэнырщ армыхъумэ. Уплъэмэ, благъэ къыпщыхъу щхьэкIэ, ди пщыIитIым я зэхуаку къуэ куу дыдж дэтщ, и лъащIэр шэдылъэу. Абы узэпрыкIын хуейкъэ. Iейуэ уегъэщхьэх. Ауэ ныбэм уимыгъэщIэн щыIэ, тхьэ щымыIэ. Iэщыр сэнтх шыхьым деж къыщызугъуейри сыкIуащ, си ныбэ изу зэ сышхэмэ, ари Iэджэ и уасэщ жысIэри. СыздэкIуам щхьэл мывэ хуэдиз хъу тебэ зэрамыщIэжь тетщ, лыбжьэ къэпIэнкIыр изу илъу. Мыр сыту фыберычэт, сыдогушыIэ, тхьэмбылей махуэм залэр зэувэлIэн лы бзыгъэм зытывогъэлIыкI. ХьэщIэ диIащ, мэдыхьэшх Хьэжысуф, хьэIусыпэр зратхэр къыдэкIуеят. Еуэ, мыпхъэу мымывэу тетIысхьэпIэ къэщI. Уи адэм и бынщ си упщIэ пыIэжьыр тетIысхьэпIэ зэрысщIын, содыхьэшх сэри. Абдем Хьэжысуф пщыIэм щIохьэри, аркъэжь пэлэщтоф къыщIех, хэщIаишхуэ щымыIэу тIум къытхурегъахъуэ. Фадэ щIымыгъуми, фIыуэ сымэжэлIати, уэлэхьир хьэзымщ си укIытэ кIуэдакъым жысIэри, тебэм и зэхуэдитIыр езгъэмэрэкIуэхам, бжьэ цIыкIуитIи щIезгъэубыдам. Сыкъыщыкъеижым — Iэнэм сыкъыпыкIуэтыжащ, иджыри тIэкIу схуэшхыжын пэтми. СызэрымэжэлIара е сыт — ауэ апхуэдэ щынэл щабэ, Iум йоткIухь жыхуаIэм хуэдэ, куэд щIауэ сIухуатэкъым. Езы Хьэжысуф, хьэщIэм ядэшхагъэнт, щIакхъуэм едзэгъуа мыхъумэ, лым зэрыхэмыIэбари уэим сщIакъым. Арати, Iэнэр Iуихыжу тутын зырыз тшыхьа нэужь, соупщI хэт-тIэ уи хьэщIар, зори, зоотехникымрэ шы дохутыр Пэхъэнрэщ. Аргуэрыжьу погуфIыкI, мэдыхьэшх и Iупэр зэтемыхьэу. КъыщIэкIуауэ жыхуэпIэр сыт? Сытми зыгуэр жысIэн хуейкъэ? — соупщI. Мобыхэм еупщI, жи, и Iэпэ псыгъуэ кIыхьыр гуэзнэчым ит щынэ зэщIэIуаехэмкIэ ишийуэрэ, джаурым ягу хигъэщIащ, жи, игъэунэхъуахэщ, жи. Сыту? Зи сытыр пщIэркъэ? ТIы цIыкIухэр зэтрисэкIащ, уэлэхьи, ди щхьэщыгу итым къаритам хигъэкIыжахэщ, мэдыхьэшх. Сэ тебэмкIэ соплъэ шэч щIыIэр си кIуэцIым къыщытэджауэ. А, хьэ ныбэ къикIа, сыбгъэшхар сыт? Сыкъыщолъэтри, ауэ деж еупсея лъакъуэубыдыр къызопхъуатэ. Уэ зоотехникымрэ шы дохутырымрэ нэхърэ унэхъ лIыфI? — жи. Уэлэхьи, абы зыхалъхьэ щымыIэу, Iэщ ясэкIыху хыфIамыдзэу я Iэпэм щIэфыжу яшхмэ… Си гур къокIуэ, си кIуэцIыр къызэрыдохьей, арщхьэкIэ сыкъыщымыжьыфым, Хьэжысуф зездзат — бжэн лъакъуэм улъэщIыхьэн, — сIэщIэкIащ. КъысIэрыхьами, алыхьыр нахуэу согъэпцI, мэлыхъуэ башыр а и плIэ Iузэм щызмыгъэджэгутэмэ. Пэжым ухуеймэ, сызэрылъэмыIэсар нэхъыфIт — тобэ къихьыжагъэнт — иужькIэ щынэ пшэр иукIри, сигъэфIэжыгъащ. Мис а Хьэжысуфи тест Къуэшыркъуейм я уэтэрым. Си Iуэхути абырэ сэрэ дызэрыгъэзэшмэ… Ей, си къуэш, апхуэдэ сэмэркъэу Iэджэ сыхэтащ сэ лIыжь къуий цIыкIур, тхьэ сыхэтам. Ауэ Шыгъэпщ сигу къэзыгъэкIыжар «фызым уигъэшынат» жиIэу мо фIэкIа шэрей зимыIэр къызэрызэщаращ. Фыз фIэкIа узыгъэшынэнрэ узыщышынэнрэ щымыIэ и гугъэу аращ мобы. ЩыIэ къудей? Хъушэжьу тхьэ сIуэнщ. Шынэр и унэ мэкIуэж, жиIащ пасэрейм. Шынауи сощIри, игу фIэмыкIуэдамэ, лIыр езыр кIуэдынукъым. Уигу кIуэдамэ, уи щхьэри — мэхь-мэхь — уфIэкIуэдауэ бжы. ЛIым гу кIуэцIылъын хуейщ, ауэ гу кIуэцIылъкIи зэфIэмыкI, щхьэ фIэмытмэ. Гурэ щхьэрэ иIэрэ и IэпщитIым къагъэгугъэмэ, апхуэдэлIым зыкIи укъэмыщтэу уи дзыхь ебгъэз хъунущ. Сэри? СыапхуэдэлIуи? Ей, хуэмыху, апхуэдэ си щхьэм фIэскъуа сэ сытми? СыщакIуэ уи гугъэ сэ, зы фочышэкIэ дыгъужьипщI къэзукIыу? Ауэ, уэлэхьи, пабжьэм къыхэплъахэми дащымыща, тхьэ дащымыща. Пасэрейр «сэ сщIа псор жысIэжмэ, лIыжь щхьэ щытхъу къысфIащ» жезыгъэIар аращ — и щхьэ кърикIуар зэрибзыщIыр къызэрехьэлъэкIымрэ щхьэщытхъун зэрижагъуэмрэ. Хьэуэ, Iэгъу, уэлэхьир хьэзимщ, си бгъуэгущталъэ зыгуэр и пащIэ имыгъухьами, нысащIэр къыщIэзмыгъэгугъа мыщафэр къыхуесшэхауэ щытамэ, тхьэ щытамэ. Фи фIэщ мыхъумэ, мес, феупщI. Ей, псэр IэфIщ, я нэхъ хуэмыху къыпфIэщIми, зэкъуэхуа щыхъукIэ, къару къыхелъхьэмэ. Бетэмал, си гуащIэ дэкIыу зы мазэ закъуэ нэхъ мыхъуми, е шыхъуэ пщыIэ, сэ сщIэ мыгъуэрэ, Iэбгъэ уэтэрми здэнтэкIэ тхьэ соIуэ, Шыгъэпщ е Къущхьэхъу сыщыIакIэщэрэт. Сытым хуэдэу цIыхур щыбауэрэ абы, мырамысэ бэлагъыщхьэрэ шху фалъэрэ иIэмэ, махуэ псом мэжалIэркъым, лIэун. Уэлэхьи, узи къемыуалIэ, гъэщIэгъуэнкъэ ар? Хьэмэрэ пщыхьэщхьэ щыхъукIэ, мафIэм къетIысэкIауэ таурыхъ, хъыбар щыжаIэкIэ, уэлэхьи, уэр дыдэр нарт уохъури, щхьибл зыфIэт иныжьыр пхухэгуэн пфIощIым. НтIэ, зи гугъу сщIы гъэм мэкъуауэхэм я Iуэхум хэшытIа сыхъужауэ, Шыгъэпщ сыщыIэт, мэкъу сеуэм, Iэнэ сщтэуэ. Апхуэдэу тхьэмахуитI-щы кIуауэ, «си щыгъын зэсхъуэкIынщ, сабийхэм тIэкIу сакIэлъыплъынщ» жиIэу ехыжа ди учетчик хуэдэр къыдэкIыжащ, пIитIани къуажэ хъыбари къытхуздишэри. Сэри хъыбар зэIумыбз къысхуихьащ. «СщIэIым зыхуеяр, ТIорэ, фи деж пэлнэмочнэр къыIукIыжу слъэгъуащ. Сыт жысIэу сеупщIынт, Iэу? Ауэ, уэлэхьи, уэри уощIэ Залымхъаныжьым фIыкIэ куэбжэ Iуимых». Уигу фIы щыщIэнт? Си псэр занщIэу КIапэдыгъухэ я пхъум щIригъэлъыкIа джыдэм жащ. Сыт хуэдизрэ хэзмыгъэзыхьами, уэлэхьи, учетчикым псалъэ къысхупымыха. Пшапэ зэхэуэгъуэ хъуат, арщхьэкIэ, сигу къыпылъэдамэ, жэщ щхьэкIэ къызэрызгъэнэн щыIэтэкъым, сыкъехыжу, мэкъуауэхэр пщыIэм щытекI пщэдджыжь пэнцIывым си лъэр къызэрысхусыжым псори есэжат — къыумыхусыжу хъурэт? Зэманыр ткIийт, прэгул пщIамэ, укърагъэплъын жыхуэпIэр хэлът. Учетчикым къызжиIам и ужькIэ, сэ сызубыдын щыIэтэкъым. Си бгыр щIэскъузэри, шхуэIур субыдащ. Шыгъэпщ укъехыжыныр гугъукъым — къыпхущIэрыIэм хуэдэу, уэлэхьи, улъэпэрапэу укърехьэхым егъэзыхыгъуэм. ШыплIэм удэщатэу ушэсынт, дызэбгъурыту дыкъехыжащ, IэхъупIэ банэм дыкъэсыху. ИтIанэ шы цIахуцIэм зездзри, шхуэIур хуит хуэсщIащ, зэран ухуэмыхъумэ, шым гъуэгур къегъуэтыж. ЖэщыбгыфI хъуауэ куэбжэпэм сыIухьэжащ. ЩхьэгъубжэIупIэхэр и напIэ зэтедзауэ си унэжь тIэкIур щытщ кIыфIрэ кIыфIу. «Хэт ар!» щтэIэщтаблэу къоIу гъунэгъу диIамэ, къигъэушын хуэдэу бжэм сыщытеуIуэкIэ. «Сэращ, Iух». «Алыхь, Iузмыхыну!» — сыкъицIыхужа хуэдэкъым. «ЩIыIуумыхыныр сыт?» жызори си макъым нэхъри зызогъэIэт. «Ар уэра?» Хьэлъкъ бжэр дазэ мэхъу. Сыплъапэмэ, а уэ пщIэ а уэщыжьыр IэщIэлъщ. «Делэ ухъуа?» Зызогъэхьэнэкхъуэнэ, дамэкIэ бжэр Iузохри сыщIохьэж, арщхьэкIэ уэщыр и бгъэм щIэкъузауэ зэриIыгъщи, соIэбэри къыIэщIызохым, уэлэхьи. Фыз шынам удэджэгурэ? Абдем сеплъмэ, и нэпситIыр къелъэлъэхыу магъ. СеупщIыху, седахэщIэху, тхьэ сIуэнщи, нэхъри зыкъызэщIещIэм, тезгъэуным и пIэкIэ гъыныр нэхъри къыщохьэм, зэщыджэу, и дзэхэр зэтеуэу нэпсыр щIегъэкIым, псалъэ къысхужьэдэмыкIыу. МащIэрэ дита апхуэдэу утыкум. Сытми зэ теужри… КIэщIу жысIэмэ, махуэ гуэрым Хьэшыму плъагъур къыIухьащ, жи, уи жэщгъуэлъыр ныщхьэбэ утIыпщыж, ныжэбэ Iэуэлъауэ сщIыуэ куэдрэ сынытомыгъэуIуэу бжэр ныIух, жери. Фызыр, мы хьэдэгъуэдахэ къызупэсар сыт, жиIэу къилъа щхьэкIэ, къемыдаIуэу, зебыршэу дэкIыжащ, жи. Арати, фызри си шыпхъу нэхъыщIэ цIыкIу и жэщгъуэлъри мыжейуэ щысурэ, жэщыр хэкIуэтауэ, Хьэшым къыIухьащи, «тIыркъэ, тIыркъэ» жоуэ зэм щхьэгъубжэIупIэм, зэм бжэм къытоуIуэ, и гъумэтIымэр зэхах. Сабийм и гущэ тепIэнщIэлъыныр ижьыщIыну хьэкум тет псы пэгун къэкъуалъэр къыщытрихым «шокъу» жоуэ хуэзати, и гум алыхьым кърилъхьагъэнт, бжэIулъэр къригъэжщ, бжэр IуигъэузэщIыкIри, уэлэхьи, псы пэгун къэкъуалъэр «щыщ-щ» жоуэ къыщIекIыкIым, нэхъ псынщIэжуи бжэр иредзылIэжым, Хьэшым зилIэжу бжэIупэм къыIуенэри. КъыIэщIэщIар къыщыгурыIуэжар бригадирыр зилIэжу пщIантIэм дэкIыжа нэужьщ. Къуажэ унафэщI ар епщIэныр мыбдеж щылътэкъым — уи унагъуэбжэр IэщIыбкIэ хуаугъэщIыжынут. (КъыкIэлъыкIуэнущ).
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28886.txt" }
ЗэгурыIуэныгъэ щхьэпэ Iуащхьэмахуэ лъапэрэ Каспийрэ гъунэгъу зэхуохъу. Дагъыстэным лъэпкъ политикэмкIэ и министр Гасанов Алексей зи пашэ лIыкIуэ гуп Налшык щыIащ. Абы кърикIуащ КъБР-м Спортымрэ туризмэмкIэ и министерствэмрэ Дагъыстэным туризмэмкIэ и комитетымрэ зэрызэдэлэжьэнум, я зэпыщIэныгъэм теухуауэ зэращIылIа зэгурыIуэныгъэр. Дэфтэрым Iэ щIадзащ КъБР-м спортымрэ туризмэмкIэ и министр АфIэунэ Аслъэнрэ Дагъыстэным туризмэмкIэ и комитетым и унафэщI Исаев Магомедрэ. ЗэгурыIуэныгъэм и мурад нэхъыщхьэщ республикэхэм туризмэр щегъэфIэкIуэныр, абы и лъэныкъуэкIэ щIыналъитIым яку дэлъ зэныбжьэгъугъэм нэхъри зегъэубгъуныр. АфIэунэ Аслъэн а зэпыщIэныгъэм зегъэужьыным Къэбэрдей-Балъкъэрыр зэрыхуэхьэзырыр, Каспий и Iуфэм зыщыгъэпсэхуным ди республикэм и цIыхухэр дегъэхьэхынымкIэ яхузэ-фIэкI псори зэралэжьынур къыхигъэщащ. «Ди зэхуаку дэлъа хабзэ дахэхэр, гуапэхэр къэгъэщIэрэщIэжынымкIэ мы зэгурыIуэныгъэр лъэбакъуэ щхьэпэщ», — жиIащ Дагъыстэным лъэпкъ политикэмкIэ и министр Гасанов Алексей. Гъэунэ Светланэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28893.txt" }
Шахмат, шашкэ, псы есын Шахматист нэхъыфIхэр КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и лэжьакIуэхэрщ, Спортымрэ туризмэмкIэ министерствэм и лыкIуэхэр псы есыным щытокIуэ. КъБР-м и министерствэхэмрэ ведомствэхэмрэ я лэжьакIуэхэм я спартакиадэ илъэс къэс къызэрагъэпэщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и Хабзэубзыху орган нэхъыщхьэр илъэс 75-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ екIуэкIа зэпеуэм щытекIуахэмрэ ехъулIэныгъэ зыIэрызыгъэхьахэмрэ мэкъуауэгъуэм и 29-м Налшык щагъэлъэпIэнущ. Зэхьэзэхуэхэр мэкъуауэгъуэм и 10-м зэхаублащ. Абы цIыху 300-м щIигъу къызэщIеубыдэ. Къэрал къулыкъущIэхэр спорт лIэужьыгъуи 8-м я къару щеплъыжынущ. Шахмат, шашкэ, псы есын лIэужьыгъуэхэмкIэ зэпеуэм кърикIуахэр зэхалъхьэжащ. ШахматымкIэ командэ зэпеуэм бжьыпэр щаубыдащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и лIыкIуэхэм, Промышленностымрэ сатумкIэ министерствэм и командэм етIуанэ увыпIэр къихьащ, Лэжьыгъэмрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ министерствэм и гупыр — ещанэщ. Шашкэ зэпеуэм Хъущт Иринэ (КъБР-м ЩIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэ) бжьыпэр иубыдащ, Къудей Земфирэ (КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымрэ курортхэмкIэ и министерствэ) етIуанэ увыпIэр къихьащ, Щоджэн Лианэ (Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ министерствэ) ещанэ хъуащ. Псы есынымкIэ зэпеуэм командэ 12, дэтхэнэми цIыхухъуитIрэ зы цIыхубзрэ, хэтащ. Спортымрэ туризмэмкIэ министерствэм и гуп къыхэхам пашэныгъэр къихьащ. ЕтIуанэ, ещанэ увыпIэхэр зэдагуэшащ Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ, Ухуэныгъэмрэ архитектурэмкIэ министерствэхэм я лIыкIуэхэм. ЦIыхухъухэм я деж щхьэзакъуэ зэхьэзэхуэм бжьыпэр щиубыдащ Водопьянов Александр (КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэ), Советкин Максим (Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ министерствэ) етIуанэ, КъуэщIысокъуэ Залым (КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэ) ещанэ увыпIэхэр ялъысащ. ЦIыхубзхэм я деж текIуэныгъэр щызыIэригъэхьащ Къер Iэсият (КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэ), Морозовэ Светланэ (Спортымрэ туризмэмкIэ министерствэ) етIуанэ увыпIэр къихьащ, Мироненкэ Бэллэ (Ухуэныгъэмрэ архитектурэмкIэ министерствэ) ещанэ хъуащ. Мы зэманым футболымрэ атлетикэ псынщIэмкIэ зэхьэзэхуэхэр йокIуэкI. Спартакиадэм и кIэухыу кIапсэ зэпекъунымкIэ зэпеуэнущ. КъБР-м Спортымрэ туризмэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28895.txt" }
КъБР-м ЦIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министерствэм, КъБР-м и Журналистхэм я союзым, «Къэбэрдей-Балъкъэр» телекомпание» къэрал щэнхабзэ IуэхущIапIэм, «НОТР-Налшык» телерадиокомпанием, «Къэбэрдей-Балъкъэр» программэхэр къэзыт телерадио компанием, «Адыгэ псалъэ», «Кабардино-Балкарская правда», «Заман», «Советская молодежь», «Горянка» газетхэм я редакцэхэм я лэжьакIуэхэм гущIыхьэ ящыхъуащ журналистикэм и ветеран, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Емуз Гъузер Лэкъумэн и къуэр зэрылIар икIи абы и Iыхьлыхэмрэ и благъэхэмрэ яхуогузавэ. КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэр, Дунейпсо Адыгэ Хасэр, Къэбэрдей Адыгэ Хасэр, КъБКъУ-м Егъэджэныгъэм и лэжьакIуэхэм я щIэныгъэм хэгъэхъуэнымкIэ и институтым и унафэщI Емуз Нинэ Гъузер и пхъум хуогузавэ абы и адэ Емуз Гъузер Лэкъумэн и къуэр дунейм зэрехыжам къыхэкIыу.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28897.txt" }