text
stringlengths
11
353k
meta
dict
Дохутырхэри сымаджэхэри щогуфIыкI Нарткъалэ дэт район сымаджэщ унэ нэхъыщхьэм щыщ Iыхьэ зыхуей хуэзэу зэрагъэпэщыжри, мы махуэхэм къызэIуахыжащ. Иджы абы щолажьэ терапевт, офтальмологие, отоларингологие къудамэхэр, апхуэдэуи лъы щыхаш пункт хэтщ. Абыхэм я лэжьыгъэр зыхуэдэр зрагъэлъэгъуащ КъБР-м узыншагъэр хъумэнымрэ курортхэмкIэ и министр Шэт Ирмэрэ Аруан район администрацэм и унафэщI Къанокъуэ Антемыркъанрэ. Районым ис хьэрычэтыщIэхэм я мылъкукIэ сымаджэщым и унэр зэрагъэпэщыжын щIадзащ 2009 гъэм. Мы илъэсым КъБР-м и Iэтащхьэм и резерв фондым къыхэкI мылъкукIэ а лэжьыгъэхэр и кIэм нагъэсащ, сом мелуани 2,5-рэ и уасэ медицинэ Iэмэпсымэхэр къащэхури, къудамэхэм трагуэшащ. Сымаджэщым и дохутыр нэхъыщхьэ Жамборэ Налжан и псалъэхэм къызэрыхэщамкIэ, абыхэм гъуэлъыпIэу 100-м нэблагъэ щIагъэуващ. «Сымаджэщым и лэжьакIуэхэм республикэм и унафэщI Къанокъуэ Арсен фIыщIэ хуащI дэIэпыкъуэгъу къазэрыхуэхъуам папщIэ, — жиIащ Жамборэм. — КъудамэщIэхэр къызэрызэIуахам Iэмал къыдитынущ псынщIэу икIи фIагъ пылъу сымаджэ нэхъыбэм медицинэ дэIэпыкъуныгъэ еттынымкIэ». Псом хуэмыдэу хьэщIэхэм нэхъ ягу ирихьащ офтальмологие къудамэр. Мыбы зэуэ сымаджэ 30-м щеIэзэфынущ. Къудамэм и унафэщI Рубаев Артур зэрыжиIамкIэ, Аруан районым и цIыхухэм я мызакъуэу, адрей куейхэми къикIыурэ къахуокIуэ. Къудамэр иджырей медицинэ IэмэпсымэхэмкIэ къызэгъэпэщащ, абыхэм ирилэжьэн IэщIагъэлIхэри яIэщ. Iэмэпсымэхэр къащэхуащ закъыщIэзыгъакъуэ хьэрычэтыщIэхэм я мылъкукIэ, апхуэдэуи языныкъуэхэр къаIэрыхьащ узыншагъэр хъумэн IэнатIэм зегъэужьыным хуэунэтIа программэмкIэ. Шэт Ирмэ илъэгъуахэм арэзы къызэращIыр жиIащ, апхуэдэуи къыхигъэщащ дохутырхэр я IэщIагъэм зэрыхуэIэкIуэлъакIуэмрэ медицинэ IэмэпсымэкIэ тэмэму къызэрызэгъэпэщамрэ къэплъытэмэ, район сымаджэщым операцэхэм я процент 80-м нэблагъэр щыпхуегъэкIуэкIыну зэрыщытыр, абы щыгъуэми цIыхухэм хуащIэ Iуэхутхьэбзэхэм я фIагъыр уней клиникэхэм къазэрыкIэрымыхур. Министрым дохутыр нэхъыщхьэм игу къигъэкIыжащ накъыгъэ мазэм медицинэ лэжьакIуэхэм я улахуэм хэгъэхъуэным теухуауэ УФ-м и Президентым къыдигъэкIа унафэр. Жамборэ Налжан жиIащ район сымаджэщым и дохутырхэм мы зэманым сом мин 24-м нэблагъэ къызэрахьыр, медсестрахэм ейр сом мин 11-м зэкIэ зэрыщIимыгъур, ауэ дызыхуэкIуэ мазэм зэрагъэпажэ Iыхьэм и фIыгъэкIэ абыи зэрыхэхъуэнур. — ЩIыпIэ унафэр зыIэщIэлъхэм узыншагъэр хъумэн IэнатIэм гулъытэ хэха щыхуащI щIыналъэхэрщ зи куей сымаджэщ нэхъыщхьэхэр нэхъыфIу лажьэр, — къыхигъэщащ Шэтым. Апхуэдэ лэжьэкIэм и щапхъэуи Аруан куейр къихьащ. Къанокъуэ Антемыркъан я мурадхэм и гугъу щищIым жиIащ, мы илъэсым сымаджэщым и ижьырабгъу лъэныкъуэр зэрызэрагъэпэщыжынур, абы и пщIантIэр зыхуей зырыхуагъэзэнур, щхъуантIагъэхэр зэрыщыхасэнур. КъудамэщIэм япэу къэкIуа сымаджэхэр къыхуащIэ IуэхутхьэбзэхэмкIэ арэзыщ, абыхэм йоIэзэ узыншагъэр хъумэным къигъэув иджырей жыпхъэщIэхэм тету. Дохутырхэми медсестрахэми къыхагъэщ сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей хуэ-зэу къызэгъэпэща IэнатIэм гухэхъуэ къариту зэрыщылажьэр.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27654.txt" }
«Зауэ лъагъуэжьхэм» ирикIуэжащ Хэку зауэшхуэр зэриухрэ илъэс 68-рэ щрикъум ирихьэлIэу Бахъсэн куей администрацэм, Зауэм, лэжьыгъэм я ветеранхэм я советым, пенсионерхэм я зэгухьэныгъэм, «Урысей зэкъуэт» политикэ партым, «Урысей зэкъуэтым и щIэблэ» зэгухьэныгъэм я щIыналъэ къудамэхэм, щIалэгъуалэ администрацэм я лIыкIуэхэр район администрацэм и унафэщIым и къуэдзэ Къаздэхъу Олег я пашэу удз гъэгъахэр тралъхьащ зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъхэу жылагъуэ псоми дэтхэм. Къуажэ къэс жылэдэсхэр къащыпежьэрти, псэемыблэжу зауэ IэнатIэм пэрытахэм щIыхь зэрыхуащIым и нэщэнэу, зы дакъикъэкIэ яхуэщыгъуэрт. хэкум папщIэ зи псэр зытахэм я щIыхьыр ягъэлъапIэу, куейм еджапIэу итым «хахуагъэм и дерсхэр» щрагъэкIуэкIащ. ЩIалэгъуалэм нобэр къыздэсым «зауэ гъуэгухэр» къахутэ, зрагъащIэ. Иджыблагъэ абыхэм Iэрытх гъэщIэгъуэн къагъуэтыжащ. Бахъсэнёнкэ къуажэм щыщ, Хэку зауэшхуэм хэта Джатэрывэ Хьэцым и тхыгъэхэм къыщигъэлъэгъуэжар зауэм и екIуэкIыкIам и закъуэкъым, атIэ къэралым и зыужьыкIэм щыщ Iыхьэхэми я гугъу щищIырт — тхыгъэ яIэ щыхъуам щегъэжьауэ Сталиныр дунейм щехыжам нэс. Фронтым къратхыкIа письмохэмрэ тхыгъэ гъэщIэгъуэнхэмрэ Бахъсэнёнкэ дэт школ №3-м тхыдэмкIэ и егъэджакIуэ Батыргуэ Аринэ егугъуу ехъумэ, щIалэгъуалэр щегъэгъуазэ. Инэрокъуэ Дисэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27659.txt" }
Дэрэжэгъуэм и нэщэнэ гъатхэ ТекIуэныгъэм и махуэшхуэр ягъэлъапIэу Май куейм пэкIу щызэхэтащ. — АпхуэдизкIэ дыгуфIэщати, дуней псор зы пкIэгъуэ фIэкIа тхуэмыхъуну къытщыхъурт. Илъэс 19 сыхъуауэ аркъудейт… Ди унэ къыщызгъэзэжар 1951 гъэращ, — жиIэрт Зауэм, лэжьыгъэм я ветеранхэм я куей советым и унафэщI Крывокрысенкэ Павел. Хабзэ хъуауэ, МафIэ мыужьыхым деж жьыри щIэри щызэхуэсат. Дэтхэнэми удз гъэгъахэр яIэщIэлът, ахэр къыхуахьат хэкум и къыщхьэщыжакIуэхэм, и бын пэжхэм. ЗэIущIэр къызэIуихащ Май район администрацэм и унафэщI Шипов Владимир. ПэкIум кърихьэлIащ куейм и Iэтащхьэ Марченкэ Валентинэ, КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Саенкэ Татьянэ, КъБР-м и Парламентым и депутат Кармаликэ Павел, къалэ администрацэм и Iэтащхьэ Евдокимов Сергей сымэ, нэгъуэщIхэри. Ветеранхэм псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ УФ-м и Къэрал Думэм и депутатым и дэIэпыкъуэгъу Аванесьян Сергей: — Дэ ди къалэнщ къэзымыгъэзэжахэм я фэеплъыр тхъумэну. ЦIыхур псэущ, и цIэ къраIуэху. Псэууэ къэнахэри зыхуей зэрыхуэдгъэзэн яужь дитыпхъэщ, ди гум къыбгъэдэкI гуапагъэм ахэри игъэхуабэу, — жиIащ абы. — Зауэм хэтахэм ящыщ куэд псэууэ къэнакъым… Нэгъабэрей зэIущIэм ветеран 66-рэ кърихьэлIамэ, мы гъэм ахэр зэрыхъур цIыху 44-рэщ. ТекIуэныгъэ Иным и махуэшхуэм ирихьэлIэу, Май куейм и ЩIалэгъуалэ советым хэтхэр ветеранхэм я деж кIуэри ехъуэхъуащ, тыгъэхэр хуащIащ. А IуэхумкIэ илъэс етIуанэ хъуауэ дэIэпыкъуэгъу мэхъу «Банк Майский» зэгухьэныгъэр. Мы гъэм Щэнхабзэм и унэм и лэжьакIуэхэм нэгузыужь гъэлъэгъуэныгъэхэр МафIэ мыужьыхым деж щрагъэкIуэкIащ. Зауэ лъэхъэнэм теухуа уэрэдхэм, къафэхэм, фащэхэм уи нэгум наIуэу къыщIагъэувэрт а зэманым теухуа теплъэгъуэхэр. АдэкIэ ветеранхэм къыхуагъэува IэнэмкIэ ирагъэблагъэри, Май районым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм къыбгъэдэкIыу фэеплъ тыгъэхэр хуащIащ. Щомахуэ Залинэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27664.txt" }
«ТекIуэныгъэм и Кубок» КикбоксингымкIэ илъэс къэс къызэрагъэпэщ «ТекIуэныгъэм и Кубок» урысейпсо турнирыр Невинномысск щекIуэкIащ. Зэхьэзэхуэм къекIуэлIащ бэнакIуэ 250-рэ зыхэта гуп 17. Абы Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ къыхэхам ещанэ увыпIэр къыщихьащ. Щхьэзакъуэ зэпеуэм ди щIалэхэм зэфIэкI лъагэхэр къыщагъэлъэгъуащ. 1999 — 2001 гъэхэм къалъхуахэм я деж бжьыпэр щаубыдащ Джэрмэншык щыщ Ажий Антемыррэ (кг 28-рэ) щхьэлыкъуэдэс Къэтыкъуэ Астемыррэ (кг 54-рэ). «Синдика» спорт клубым и гъэсэн Асатов Саид (кг 51-рэ), Джэрмэншык и спортсменхэу Апажэ Ашэмэз (кг 36-рэ), Къумыкъу Алим (кг 42-рэ), Куэшмэн Алим (кг 57-рэ) сымэ етIуанэ увыпIэхэр къаIэрыхьащ. Ещанэ хъуащ Налшык дэт «Кемпо» спорт клубым и гъэсэн Тхьэщыгъуей Мухъсинрэ (кг 48-рэ) Джэрмэншык икIа Соблыр Хьэсэнрэ (кг 51-рэ). 1997 — 1998 гъэхэм къалъхуахэм я зэпеуэм пашэ щыхъуащ «Синдика» спорт клубым и гъэсэнхэу Къанокъуэ Хьэмзэтрэ (кг 51-рэ) Темыркъан Къантемыррэ (кг 48-рэ). ЕтIуанэ увыпIэр зыIэрагъэхьащ «Кемпо» спорт клубым и гъэсэнхэу ЛIыIэщын Аслъэн (кг 51-рэ), Къущхьэ Мурат (кг 67-рэ), Куэшмэн Алан (кг 60) сымэ. Урыс Замудин (кг 45-рэ), Аслъэн Темырлан (кг 45-рэ) («Синдика»), Хочуев Эрик («Кемпо»), Щхьэлыкъуэ щыщ Намазов Ильгар (кг 51-рэ) сымэ ещанэщ. ЩIалэщIэхэм я деж япэ увыпIэр къыщахьащ Хьэхъуокъуэ Астемыр (кг 54-рэ) («Кемпо»), ШэнтIыкъу Андемыркъан (кг 54-рэ), Алборэ Амир (кг 75-рэ) («Синдика») сымэ. КIуш Азэмэт (кг 71-рэ) («Кемпо») етIуанэ увыпIэр къылъысащ. Балигъхэм (килограмм 67-рэ зи хьэлъагъхэм) я деж щытекIуащ Джэрмэншык щыщ МафIэдз Азэмэт. Абы хуагъэфэщащ КъызэгъэпэщакIуэ комитетым къыбгъэдэкI «ТехникэфI къызэригъэлъэгъуам папщIэ» саугъэтыр. Спортсменхэр ягъэхьэзыращ тренерхэу Саралидзе Айдин, Апажэ Рашид, Къудей Алим, Сасыкъ Анзор сымэ. Къудей Алим «турнирым и судья нэхъыфI» саугъэтыр иратащ. Гъэунэ Светланэ, КъБР-м Спортымрэ туризмэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27667.txt" }
ГуфIэгъуэ зэхуэс Зи ныбжь хэкIуэта, Хэку зауэшхуэм и гугъуехьхэр зыгъэва нэхъыжьыфIхэм зымащIэкIэ нэхъ мыхъуми уегуэпэкIыныр, абыхэм я гукъыдэжыр къэпIэтыныр, дэрэжэгъуэ ептыныр уасэ зимыIэщ. ТекIуэныгъэм и махуэшхуэр щагъэлъапIэм хиубыдэу, ЦIыхубзхэм я Налшык къалэ советымрэ къалащхьэм и Пенсионерхэм я зэгухьэныгъэмрэ «Къэббалъкътхылъ» социальнэ-щэнхабзэ центрым щызэхуашэсащ мамырыгъэм зи гъащIэр щIэзыта зауэлIхэм я щхьэгъусэ, тылым щылэжьа зи ныбжь хэкIуэта цIыхубз гупышхуэ. — ТекIуэныгъэм и махуэшхуэр дэтхэнэми дэрэжэгъуэ къезытщ. Сыт хуэдэ гугъуехьми фыкъызэфIимыгъащIэу фыкъекIуэкIа-щи, иджыри узыншэу куэдрэ фытхуэпсэуну, илъэсищэ жьыщхьэ махуэр фхуэдгъэлъэпIэну си гуапэщ, — захуигъэзащ Iуэхугъуэ гуапэм кърагъэблэгъахэм ЦIыхубзхэм я Налшык къалэ советым и гуащэ Дыджэш Лидэ. ЗэIущIэм кърихьэлIащ ЦIыхубзхэм я Налшык къалэ советымрэ къалащхьэм и Пенсионерхэм я зэгухьэныгъэмрэ къыхалъхьэ жэрдэмхэр сыт щыгъуи ядэзыIыгъ, Iуэхугъуэхэр ирагъэкIуэкIынымкIэ защIэзыгъакъуэ КъБР-м и Iэтащхьэм и чэнджэщэгъу Уянаевэ Аминат. — Сэри сащыщщ Хэку зауэшхуэм и гугъуехьхэр зылъэIэса унагъуэм къыхэкIахэм. Нобэрей ди хуитыныгъэмрэ мамырыгъэмрэ я псэ емыблэжу къытхуэзыхьа ди нэхъыжьыфIхэм фIыщIэ, пщIэ лей яхуэфащэщ, — яжриIащ абы Iэнэ берычэтым етIысэкIа, гуфIэгъуэм зэщIиIэтэ нэхъыжьхэм. Сыт щыгъуи хуэдэу, кърагъэблэгъахэм я гукъыдэжыр къиIэтащ, я гукъэкIыжхэм хэзышэ, зэхахыну зыхуей уэрэдхэмкIэ егуэпащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Даур Иринэ. ГуапагъэкIэ я гумрэ я псэмрэ гъэнщIауэ, къызэгъэпэщакIуэхэм къабгъэдэкI тыгъэхэмрэ удз гъэгъахэмрэ я гукъыдэжыр къиIэтауэ зэбгрыкIыжащ зи нэгу зезыгъэужьа, зызыгъэпсэхуа цIыхубз нэхъыжьыфIхэр. Налшык къалэ, Кэнжэ, Хьэсэней, Вольнэ Аул, Белэ Речкэ щыщу тылым щылэжьа цIыхубзхэм я зэхыхьэр щIэщыгъуэу, гъэщIэгъуэну зэрекIуэкIар я фIыгъэщ сыт щыгъуи мылъкукIэ закъыщIэзыгъакъуэ спонсорхэм. Бзылъхугъэр, псом хуэмыдэу зи ныбжь хэкIуэтар, унагъуэ Iуэхум къыдэхуэу зи щхьэм хунэмысыр, насыпыфIэу щытын папщIэ гулъытэ мащIэми мыхьэнэшхуэ иIэщ. Ар къагуроIуэ икIи гуапагъэ зыпылъ Iуэхугъуэхэр ирагъэкIуэкIын папщIэ я зэмани къаруи еблэжыркъым къызэгъэпэщакIуэхэу Дыджэш Лидэ, абы и къуэдзэ Къардэн Эммэ, «Къэббалъкътхылъ» IуэхущIапIэм и унафэщI Джатэжь Розэ сымэ. УАРДЭ Жантинэ. Сурэтыр Холлаевэ Любэ трихащ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27670.txt" }
Сэ сымыщIэу жэщ жыхуаIэр, Вагъуэ нурхэр къызокIухь… Тхьэзэплъ Хьэсэн Мысэд и къуэр Аруан куейм хыхьэ Дохъушыкъуей (Старэ Шэрэдж) къуажэм 1943 гъэм накъыгъэм и 5-м къыщалъхуащ. Курыт щIэныгъэ зригъэгъуэта нэужь, шоферу лэжьащ. 1962 гъэм КъБКъУ-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и факультетыр, 1964 гъэм Москва Горький Максим и цIэр зэрихьэу дэт Литературэ институтыр къиухащ. Дзэм илъэсищкIэ къулыкъу щищIащ. Дзэ, еджапIэ нэужьхэм ар щылэжьащ партым и Аруан райкомитетым. КъБР-м и ТхакIуэхэм я союзым и жэрдэмкIэ, 1976 гъэм ар художественнэ литературэр пропагандэ щIынымкIэ бюром и унафэщIу ягъэуващ. Хьэсэн хэтащ литературэр пропагандэ щIынымкIэ Союзпсо бюром и Советым, СССР-м и ТхакIуэхэм я союзым деж поэзиемкIэ щыIэ Советым. УФ-м и ТхакIуэхэм я союзым и секретаруи лэжьащ ар. 1991-1992 гъэхэм «Аско-Евразия» IуэхущIапIэм и правленэм и унафэщIу лэжьащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и ТхакIуэхэм я союзым и правленэм и тхьэмадэу илъэс зыбжанэкIэ щытащ. 1998-2000 гъэхэм «Налшык и вакъэ фабрикэ» IуэхущIапIэм и унафэщIу лэжьащ. 2000 гъэм щыщIэдзауэ Тхьэзэплъыр «Литературная Кабардино-Балкария» журналым и редактор нэхъыщхьэщ. Хьэсэн ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и академикщ, ЩIДАА-м и щIэныгъэлI-секретарщ. УФ-м и ТхакIуэхэмрэ и Журналистхэмрэ я союзхэм хэтщ. Хьэсэн и тхыгъэхэр адыгэбзэкIи урысыбзэкIи къыдокI. 1996 гъэм щыщIэдзауэ ахэр республикэм и мызакъуэу, нэгъуэщI щIыналъэхэм я газетхэмрэ журналхэмрэ къытохуэ, тхылъ щхьэхуэу Москваи Налшыки къыщыдокI. Тхьэзэплъым и усэхэмрэ поэмэхэмрэ щызэхуэхьэса тхылъ 20-м щIигъу дунейм къытехьащ. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, «Ещанэ сменэ» (1971 гъэ), «ЦIыхубз хужь» (1976), «КъежьапIэхэр» (1979), «Псыпэ» (1980), «УэрэдыщIэ» (1983), «ЩIыгу гъащIэ» (1983), «Лъагъуныгъэ пшыналъэхэр» (1993), «Вагъуэбэ чырэ» (1997), «Тхыгъэ къыхэхахэр» (2003), «Лунный дождь» (1983), «Колесо жизни» (2001), «Зерна из сада» (2006), «Алмазная башня» (2009) тхылъхэр. Абы и тхыгъэхэр теухуащ Хэкум, гъащIэм, лъагъуныгъэм, лъэпкъ зэныбжьэгъугъэм, цIыхухэм я зэхущытыкIэм. Республикэм и композиторхэми ядолажьэ Хьэсэн — и усэхэм макъамэхэр хуатхащ, уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэхэм ахэр щагъэзащIэ. Ди литературэмрэ щэнхабзэмрэ хуищIа хэлъхьэныгъэфIхэр къалъытэри, Тхьэзэплъым къыфIащащ «Урысей Федерацэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр; Лермонтов Михаил и цIэр зезыхьэ дыщэ медалыр. Щытхъу, ЩIыхь тхылъхэри къыхуагъэфэщащ. Дызэрыгушхуэ лэжьакIуэ ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием хэт икIи абы и щIэныгъэлI-секретарь Тхьэзэплъ Хьэсэн и махуэшхуэмкIэ гуапэу сохъуэхъу ЩIДАА-м и Президиумым къыбгъэдэкIыу. Хьэсэн и зэфIэкIым и хъыбарыр Къэбэрдей-Балъкъэрым къищынэмыщIауэ, Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм щызэлъащIысащ. ЩIДАА-м и щIэныгъэлI-секретарь нэхъыщхьэ жэуаплыныгъэ зыпылъ къалэныр пылъхьэншэу зэфIэзых Тхьэзэплъым къызэгъэпэщакIуэ IэкIуэлъакIуэу зыкъигъэлъэгъуащ. Ар куэдым хэзагъэ цIыху IэпщIэлъапщIэщ, къэгупсысакIуэ (изобретатель) телъыджэщ, усакIуэщ, журналистикэми илъэс зыбжанэ хъуауэ хэтщ, «Литературная Кабардино-Балкария» журналым и редактор нэхъыщ- хьэщ. Хьэсэн, уи творческэ зэфIэкIыр зыхуэдэр щынэрылъагъущ Налшыкрэ Москварэ адыгэбзэкIи урысыбзэкIи къыщыдэбгъэкIа уи усэ тхылъ куэдым. Философие гупсысэ щIэлъу иужьрей зэманым урысыбзэкIэ птхы рубаихэр тхылъеджэхэм ягу нос. КъыжыIапхъэщ, къэжэр усыгъэм и рубаи жанрыр адыгэ литературэм япэу Хьэсэн къызэрыхилъхьар. «Ещанэ сменэ» зыфIища и усэ тхылъым и фIэщыгъэр зыкъомкIэ езым и гъащIэм поджэж IэнатIищ зэрызэдихьымкIэ. Пэж дыдэуи, Хьэсэн сменищу мэлажьэ. ЕхъулIэныгъэ инхэр дяпэкIи уиIэну, узыншагъэ, насып уи куэдыну дынохъуэхъу. ЩIДАА-р уи лэжьыгъэфIым зэрыригушхуэр зыщумыгъэгъупщэ. НЭХУЩ Iэдэм, ЩIДАА-м и президент. Республикэм ис тхакIуэхэм КIыщокъуэ Алим Налшык щагъэлъапIэ.1984 гъэ КъБР-м и литературэм и махуэхэр Мейкъуапэ щокIуэкI. 1978 гъэ Зи къару емыблэж Апхуэдэу зыхужаIэхэм ящыщщ Тхьэзэплъ Хьэсэн, а цIэр абы къилэжьащ и гуащIэдэкIрэ и дуней тетыкIэкIэ. И гуащIэдэкIым и гугъу пщIымэ, Хьэсэн и къалэмыпэм къыщIэкIащ тхыгъэ зэмылIэужьыгъуэ куэд. Лейуэ утемыпсэлъыхьыжми, нэрылъагъущ а тхыгъэхэр зэрыкупщIафIэр, зэрыщIэщыгъуэр, зэрышэрыуэр – абы шэч къытезыхьэ урихьэлIэнукъым. Нобэрей ди литературэм хуэфащэ увыпIэ щаубыдащ а тхыгъэхэм. Щаубыдащ я купщIэкIэ, я гъэпсыкIэкIэ, я фащэкIэ. Хьэсэн и усыгъэхэр гупсысэ куукIэ гъэнщIащ, дапщэщи гукъинэщ, ущытезаши къэхъуркъым – ари шэчыншэщ. Апхуэдэ защIэщ, псалъэм папщIэ, Тхьэзэплъым и усэ кIэщIхэр. Абыхэм я нэхъыбапIэр сатыр плIырыплIщ зэрыхъур. КъуэкIыпIэмкIэ щызэфIэувауэ, лIэщIыгъуэ зыбгъупщIым нос апхуэдэ усыгъэхэм – рубаикIэ зэджэхэм — я ныбжьыр. Хьэсэн и фIыгъэкIэ ди литературэми щызэфIэуващ а жанр хьэлэмэтыр – абы щхьэкIэ пщIэ лей хуэфащэщ ди усакIуэ гуащIафIэ Тхьэзэплъ Хьэсэн. И лэжьыгъэм и гугъу пщIымэ, мыхьэнэшхуэ зиIэ IэнатIэ бгъэдэтщ Тхьэзэплъ Хьэсэн – «Литературная Кабардино-Балкария» журналым и редактор нэхъыщхьэщ. Гу лъумытэнкIэ Iэмал зимыIэщи, а IэнатIэр дзыхь къызэрыхуащI лъандэрэ куэдкIэ ефIэкIуащ журналыр, абы щIэх-щIэхыурэ къытохуэ ди лъэпкъ литературэхэм я фIыпIэр – урысыбзэкIэ зэдзэкIауэ. Хьэсэн фIыуэ щыгъуазэщ урысыбзэкIэ зэдзэкIауэ цIыхухэм я пащхьэ иплъхьэнкIэ нэхъ зыхуэфащэ тхыгъэхэм, зэи теплъэкъукIыркъым ди тхакIуэхэм, усакIуэхэм я гуащIэдэкIым, и нэIэм щIэт зэпытщ ар – апхуэдэ къалэнщ журналым и тхьэмадэм и пщэ къыдэхуэр. А къалэныр дапщэщи къохъулIэ Хьэсэн. КъохъулIэ, гулъытэ иIэщ, набдзэгубдзаплъэщи. Хьэсэн гу къабзэ, псэ къабзэ зиIэ цIыху гуапэщ – апхуэдэущ ар псоми зэрацIыхур. Зыгуэр къыщыхуэныкъуэм деж, езым и щхьэ Iуэхур зригъэтIылъэкIынурэ, Хьэсэн къыхуэныкъуэм зыщIигъэкъуэнущ, ар арэзы имыщIауэ етIысэхынукъым, и гур зэгъэнукъым, и псэр тыншынукъым – ар псоми яхузэфIэкIыркъым. Хьэсэн хузэфIокI, и къару еблэжыркъым. Зы гъэ, Хьэсэн и жэрдэмкIэ, ТхакIуэхэм я союзым хагъэхьауэ щытащ щIалэгъуалэ гупышхуэ. Зыбжанэ щIат абыхэм апхуэдэ гулъытэ зэрахуэфащэрэ, мыгурыIуэгъуэр зыт: хэт, сыт абыхэм лъакъуэпэщIэдз къахуэзыщIыр? Ар зэхигъэкIыху, етIысэхакъым Хьэсэн: Михалков Сергей деж кIуэри, зи ужь ихьар абы гуригъэIуащ, Союзым хэзыгъэхьэ комиссэр Москва къришри, тхакIуэ, усакIуэ пщыкIутхум нэблагъэ ТхакIуэхэм я союзым Налшык щыхагъэхьащ. Гудзакъэрэ гулъытэрэ зиIэ цIыхущ ар зыхузэфIэкIынур. Апхуэдэщ Тхьэзэплъ Хьэсэн. КЪЭРМОКЪУЭ Хьэмид. ТхакIуэ икIи IэпщIэлъапщIэ Хьэсэн сэ пасэу, дзэм сыщыIэу сыхуэзауэ щытащ япэу. Илъэс тхущI мэхъу абы лъандэрэ. Ар ракетэдзэм, сэ — лъэсыдзэм дыхэтт. Дызыхэт дзэкIи сыткIи дызэтемыхуэми, дызэгъунэгъут, зы мывэ блын мылъагащэ фIэкIа дяку дэмыту. ДызэлъэIэсырт, дызэрыщIэрт. Сэ сымыгъэщIагъуэу къанэртэкъым абы и зэфIэкIым къитIэсыр зыхуэдизыр. ПхуэмыIуэтэным хуэдэт дэслъагъумрэ илэжь Iуэхухэмрэ сыкъызэрагъэуIэбжьыр. ЗэрыбгъэщIэгъуэныр умыщIэу хэтт сыт хуэдэ Iуэхуми. Мэгъу къару жыхуаIэм хуэдэ гуэр имыIэу пIэрэ жызигъэIэрт. ГъэщIэгъуэнратэкъэ, нэхъыжьи нэхъыщIи и кIэм ищIат. ПщIэнтэкъым ар сэлэт къудейуэ. Уэр-сэру яхэтт сэлэтхэми, офицерхэми, командир нэхъыщхьэхэми. Яхэтт, жаIэр ядыжиIэу, ящIэр ядищIэу. Сэ нэхъри згъэщIагъуэр Хьэсэн командир нэхъыжьхэм чэнджэщэгъу зэращIырт. Абы и закъуэт — дзыхьи къыхуащIырт. ЖэщкIэрэ офицерхэр кIуэжырти, я унэ тыншу илъыжырт, щэ бжыгъэкIэ сэлэтхэр зыщIэс казармэр сержант Тхьэзэплъым къыхуагъанэрти. Апхуэдэ дзыхь къыхуащIырт и зэфIэкIыр здынэсыр ящIэрти, цIыхугъэ-пэжыгъэ далъагъурти, узыщыгугъ хъуну къалъытэрти. ПщIэ, фIэлIыкI щиIэт зыхэт взводым, ротэм, полк псом. Хьэсэн и унафэт нэхъыбэрэ ягъэзэщIэн хуей хъури, зэдаIуэри, къуэншахэмэ, тезыр къытезылъхьэхэри, лей къатехьэмэ, къащхьэщыжыну яIэри… НтIэ, апхуэдиз Iуэхур зи пщэ дэлъым зэман къигъуэтырт си деж пщыхьэщхьэкIэрэ къэкIуэну, нэхъ хьэлэмэтыжрати — усэ итхыну. Сэ абы и хъэтIым сеплъырт сфIэгъэщIэгъуэну. Хьэрфхэм моуэ жьы ящIэпща хуэдэу сщIэртэкъым зэбгрыдза-зэбгрыдзауэ къызэрысщыхъур. Езы усэхэм яхэттэкъым гупсысэ зыхэмылъ, зэгъэпщэныгъэ, образ шэрыуэхэми уащрихьэлIэрт мымащIэу. Ауэ ахэри мо и хъэтIым ещхьу зэбгрыдза-зэбгрыдзауэ къысфIэщIырт, зэуIу пхуэмыщIыжу. Сытми, усэ нэс хъуауэ къэслъытэртэкъым сэ ахэр. Сэ къэзмылъытэмэ — арат зэрыхъур, зэфIэкIат. Уджэгурэт, абы щыгъуэ сэ си усэ гуэрхэр газетхэм, журналхэм традзат, нэхъыщхьэжрати, Горькэм и цIэр зезыхьэ Литературэ институтым сыщIэст! Езыри сэ схуэдабзэу еджапIэ нэхъыщхьэ къыщIашри къашауэ арат, ауэ зыхуеджэр мэкъумэшт. Илъэс зыбжанэкIэ узэIэбэкIыжмэ, «Кабардино-Балкарская правда» газетым къытрадзауэ щытащ «ТхакIуэ Тхьэзэплъ Хьэсэн вакъэ лъэдакъэ щIэх-щIэплъхьэ къигупсысащ» псалъащхьэм щIэту тхыгъэшхуэ. Абы куэд къигъэуIэбжьащ: сыт усакIуэ Тхьэзэплъ Хьэсэнрэ вакъэ лъэдакъэмрэ Iуэхуу зэхуаIэр?! Ауэ махуэ къэс абы хуэзэхэм, ар дгъэщIэгъуакъым. Дыщыгъуазэт Iуэхум, езым куэдрэ и гугъу къытхуищIырт. Бгъунжу щIишхыкIа лъэдакъэм вакъэр икIуэдыкIым и закъуэкъым, ар зылъыгъыр гугъу ирегъэхьри, и зекIуэкIэм зрегъэхъуэж. Хъарзынэт, абы Iэмал гуэр иIамэ. Ар псоми къагурыIуэрт. КъагурымыIуэр ар Хьэсэн и деж къыщIэсарт, зи IэщIагъэхэр къанэу. Езым и фIэщу жиIэрт Iэмал къигъуэтауэ. Вакъэ лъэдакъэм сэкъат иIэ хъуауэ гу щылъыпта сыхьэтым уи жыпым къипхыу хъунут нэгъуэщI — щIэрыпс (ар жьэдэха иIэхэмкIэ адрейм, вакъэм щIэтым, ихьэу, зэрыубыдын хуейт) щIэбгъэувэ. Арат Тхьэзэплъым жиIэр, я фIэщ мыхъур, къагурымыIуэр. Я фIэщ щIэмыхъури къащIыгурымыIуэри мырат: а зэрыжиIэм хуэдэу къызэрыгуэкIыр пэжмэ, мы дуней псом нобэр къыздэсым ар зыми игу къэмыкIауи?! Гу лъамытауи абы иджыри къэс?! Пэжу, Хьэсэн и хьэлт сыт хуэдэ лъэныкъуэкIэ имыгъэзами, а IэнатIэ зыпэрыувам Iуэхур нэхъ щефIэкIуэн папщIэ зыгуэрхэр къигупсысу, щIэуэ хилъхьэIауэ. КъБКъУ-р къиухыу инженер-механикыу диплом къыщратыжам шкIэхэр колхоз фермэм машинэкIэ щыгъэшхэныр къызэгъэпэщыным теухуауэ къыхилъхьауэ щытар япэм зэи щымыIа Iуэхут. Абы мыхьэнэшхуи иIэт Iэщыхъуэхэм я лэжьыгъэр ящыгъэпсынщIэнымкIэ. Ар ирихьэлIат усакIуэм и япэ тхылъыр, «Ещанэ сменэ» зыфIищар, дунейм къыщытехьа лъэхъэнэм. Апхуэдэу къежьат Хьэсэн, лъэныкъуэ куэдымкIэ зэуэ щылажьэу. Мис ахэр ягу къигъэкIыжат вакъэ лъэдакъэм и Iуэхум. ИтIанэ иужьрей зэманым ар Налшык вакъэ фабрикэм и нэхъыжьу зэрыщытари халъхьэжырти, моуэ гушыIэрт: «Дэ насыпыжьыр Алыхьым къыдитати, Тхьэзэплъ Хьэсэн космодромым унафэщIу ягъэкIуатэкъым, армыхъумэ нэгъуэщI планетэ дигъэIэпхъуэнт!». Хьэсэн къигупсыса къатыр лъэдакъэ лIэужьыгъуэм и Iуэхур мы зэманым жыжьэ нэсащ. Ар щызэбграгъэхащ Германием, Японием, США-м, Инджылызым, Китайм… Псори зэхэту къэрал 60-м нэблагъэм хуагъэхьащ. Дащыгугъынщ а псоми ар къыщагъэсэбэпыну — апхуэдэ къатырхэр, къатыр лъэдакъэхэр къыщIагъэкIыну. ТемыувэнкIи мэхъу дунейр ди Хьэсэн и къатыр лъэдакъэм. Ауэ… еплъ абы и Iэужь-лъэужьыр здынэсам! Хьэсэн езым IэпщIэлъапщIагъэкIэ улъэщIыхьэнукъым. Дзэм дыщыщыIэм абы мыувыIэу ищIырт хьэпшып, Iэмэпсымэ цIыкIу гуэрхэр. Жылэр гъуэлъыжауэ щыжейм ар пэщащэу щыст. Зэгуэрым Хьэсэн и Iэгум лындыжу иту зы кхъухьлъатэ дахэ дыдэ цIыкIу къысхуишият пластмассым къыхэщIыкIауи, моуэ, зымащIэкIэ егугъужамэ, лъэтэнтэкъэ мыр, жысIэу сеплъырт. Хьэсэн пхъащIэщ, мыващIэщ, слесарщ, сварщикщ, монтерщ… Сытым еIусэуи сыт ищIэуи ирехъуи, шэрыуэщ, Iэрыхуэщ. Уи гум зегъэпсэху, ар Iэбэу щыплъагъукIэ. ИрегъукIэ, ирепхъащIэ, иреусэ — сыти ирещIэ, абы псори зытриухуэжыр зы къалэн нэхъыщхьэщ. «Сэ мы щIым сыкъыщIэкIуар гуфIэгъуэ зесхьэну аращ псэ емызэшрэ гъуэгу мыухкIэ», — щыжеIэ Тхьэзэплъым и тхыгъэхэм ящыщ зым. НэгъуэщIу жыпIэмэ, гъащIэр нэхъ тынш, нэхъ дахэ, нэхъ IэфI ищIыну хущIокъу. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, Iэм ищIэ, илэжь къудеймкIэ ар пхузэфIэкIынукъым. Псалъэ ухуейщ Iэмал имыIэу. Лъыр псым хуэдэу щагъажэ зауэшхуэхэм къыщыщIэдзауэ, дунейм мыгъуагъэрэ тхьэмыщкIагъэу къыщыхъу псори цIыхум и зэхэщIыкIыр зэрымащIэм къыхокI. НтIэ, а зэхэщIыкIыр нэхъыбэ хъуным Iэрэ Iэпщэ къарукIэ хэпщIыхьыфынур мащIэщ. Аращ Хьэсэн псалъэм зыщIритыр — къалэмыр ар къыщIищтэр. Зэуэ зэдихь Iуэхушхуэ псоми зэхуэдэу зэдогугъу Хьэсэн, мыр мыбы япэ зыгуэркIэ ирегъэщ пхужымыIэну. Усэми аращ, нэхъ лейуэ хущыту гу лъыптэркъым. Сэ зэи зэхэсхакъым Тхьэзэплъыр литературэм, усэм куууэ, укъуэдияуэ тепсэлъыхьу. Езым еи имеи гукIэ къеджэу плъагъуркъым. Ауэ сэ слъэгъуащ икIи зэхэсхащ ар езым и усэхэм тхылъкIэ къеджэжу. Зэ, зэхыхьэшхуэ гуэрым теухуауэ Москва дыкIуауэ, Хьэсэн и усэхэм езыр къеджэжырт «Россия» хьэщIэщым дыщIэсу. СССР къутэжам исхэр дэнэ къэна, нэгъуэщI къэралхэми къикIа усакIуэ цIэрыIуэ защIэт ихъуреягъкIэ къепщIэкIари, къедаIуэрт псори, дунейр ящыгъупщауэ. Апхуэдэу куэдрэ къеджащ, а къызэджэ и усэхэм езыр хьэлэмэт гуэру тепсэлъыхьыжу. ИужькIэ, а зэрыумэзэхауэ псори заулкIэ щытыжауэ, Исаев Егор и щхьэр къиIэтри моуэ жиIащ: «УсакIуэшхуэщ мы Тхьэзэплъ Хьэсэн!» ХЬЭХ Сэфарбий. Нэхущыр и нэгум йодэхащIэ Тхьэзэплъ Хьэсэн икIи усакIуэфIщ, икIи си ныбжьэгъущ. Сэ сыт щыгъуи согъэщIагъуэ абы и усэмрэ хьэл-щэнхэмрэ зэхуэдэу гу щылъыстэкIэ. Ар тотхыхь гъащIэр зэрыIэхуитлъэхуитым, цIыхум ищIэнкIэ Iэмал зимыIэ Iуэхугъуэ куэд зэрыщыIэм. Iеймрэ фIымрэ ятепсэлъыхьын фIэфIщ. Илъэсхэр блокI, щхьэцыр ягъэтхъуу, балигъ ныбжьым уносри, а псалъэмакъыр нэхъ куу, убгъуа, IущыгъэкIэ гъэнщIа, уеблэмэ тхьэзэплъ псэлъэкIэ мэхъу. Хьэсэн и усэхэм сыщеджэкIэ и гъащIэм и плъыфэхэр си нэгу къыщIохьэ, нэхущыр абы и нэгум йодэхащIэ, жыгхэм я тхьэмпэхэр щэхуу мэIущащэ, удз гъэгъахэр къысщыгуфIыкIыу къысщохъу. ИтIанэ ди гупсысэхэм зэгъусэу ди щIыналъэм къыщызэдакIухьу щIадзэ. Къудамэм пхъэщхьэмыщхьэ IэфIхэр къыпыкIэнукъым, лъабжьэфI имыIэмэ. Тхьэзэплъ Хьэсэн лъабжьэфI иIэщ. Ар абы и лъэпкъ усыгъэрщ. СОЗАЕВ Ахъмэт, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат. Усэхэр * * * КъысхуэкIуэ Уэ, ГуэшакIуэ! КъыпхыкI лIэщIыгъуэ ткIийм. Си гуащIэр ебгъэфIакIуэу, Ухэтщ уэ вагъуэ бзийм. Къызэт Уэ уафэ тхылъри, Ахърэт гъуэгу схуитхъэж. БлэкIари къытпэщылъри Си гуащIэм щызэпхыж. Уэрщ ГъащIэм и псэпылъхьэр. Уи щхьэж гум къимытIэс. Бгуэшам си гуащIэ хэслъхьэр, ЩIым пэщу щымытIыс. КъысхуэкIуэ Уэ, ГуэшакIуэ, Зи нурыр къысхуэзыхь! Къысхуэхъуи чэнджэщакIуэ, Си жыжьэм псэр хуэпсыхь. Хуэпсыхь си щIыгу къарури ЩIыгу гъащIэу къызэптам… Зэгуэр дэ дызэщыури, УсфIэкIуэдыж пэтам… Егъасэ сипкъ лъэкъуауэр Гуапагъэ нуркIэ тэну. ЗыгуэркIэ, хутыкъуауэ, Мы щIыр сымыгъэщтэну. Арыншэм — куэдщ къэхъукъащIэр: ЦIыху цIыкIур удэфащ. Яужэгъужауэ гъащIэр, Щхъухь къезыхуэкI ефащ… КъытхуэкIуэ, Гуапэзехьэ! ЛIэщIыгъуэ ткIийм къыпхыкI. Къытхуэхъуи фIым и телъхьэ, Ди натIэм Ер итхыкI. * * * Уи тэлайр сакъыу зесхьэу, Си гупсысэ хьэкъыр — Уэрщ. Лъагъуныгъэр сэ къысхыхьэу СызыщIар уи гъатхэ гуэрщ. Сылъэтэнти хъуаскIэ гуфIэу, Дуней псор зэзгъэлъагъунт. Сигу пхъэрар здынэс уэгу Iуфэр, ЦIыху фэеплъу сэ згъэжынт. КъысхуэбгъэщIтэм дыгъэпс-дамэ, Вагъуэ куейр зэщызгъэкъуэнт. ГухъуэпскI уэрым гъуэгу къептамэ, Си гур нобэ мызакъуэнт. Тхьэшхуэ! Си гур щызэIупхым, Уи хьэкъ иныр хьэкъ хуэхъуащ. Гумрэ уафэмрэ щызупхым, Си къаруми хэбгъэхъуащ. Арти, нур къегъэщIри уафэм, Сэ къысхуешэ къигъэщIар… Уафэм сэ къысхуищI унафэм ЩогуфIыкIыр сигу гъущIар. * * * Жэщ жыхуаIэр зыхэзмыщIэу, Сэ вагъуэбэм сыщопсэу. Вагъуэ мэр IэпкълъэпкъкIэ къасщIэу, СыщыIащ хьэжыщI а псом. Си жаныгъуэ, си къэхъугъуэм Псэм гупсысэр зэщIипхъуау, Си гухэлъхэм я IэфIыгъуэм Сыпсэуащ хьэщыкъ сыхъуау. Уэгу къарукIэ сигъэпэкIуу, Уафэм ищI къэхъугъэ псор Хъуу си фIэщ, вагъуэбэм сыкIуэрт. Ару сфIэщIу сыщIэпсэур. Пэжу жыпIэм, сэ зеспщыткъым Дуней псом и щэхуу хъуам. Уафэм лIыгъэкIи зеслъыткъым ЖысIэу – арти сыпэхъуам. Сэ сымыщIэу жэщ жыхуаIэр, Вагъуэ нурхэр къызокIухь… ЦIыхухэм «Тобэ» ягукIэ щIаIэр, Япшыныжри арщ гуэныхь. СССР-м и лётчик-космонавт Березовой Анатолэ и гъусэу. Хьэсэнрэ и къуэ Тимуррэ. 1981 гъэ Зи къалэным хуэIэкIуэлъакIуэ 60 гъэхэм лъандэрэ Хьэсэнрэ сэрэ дызэроцIыху. КъБКъУ-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и факультетым щеджэми, ар филологхэм ди хамэтэкъым. И усэщIэхэр редакцэм ихьу къытригъэдзэн и пэ дыкъригъаджэрт. Гъуазджэмрэ литературэмрэ пэжыжьэ IэщIагъэм хуеджэ щIалэр усэ тхыным зэрыдихьэхар ди гуапэт. Псом хуэмыдэу сэ ар нэхъ спэгъунэгъут, курыт школ нэужьым мэкъумэш хозяйствэмкIэ факультетым сыщIэтIысхьати. Зы илъэскIэ а къудамэм сыщеджауэ си тхылъхэр къыщIэсхыжащ, экзаменхэр стыри, филологие факультетым и студент сыхъуащ. Хьэсэн сэ нэхърэ нэхъ жыжьаплъэу къыщIэкIами, а Iуэхугъуэм нэхъ зэпэгъунэгъу дищIат. Абы къыхиха унэтIыныгъэр имыхъуэжу инженер-механик IэщIагъэр зригъэгъуэтащ. КъищынэмыщIауэ, Горький Максим и цIэр зезыхьэ Литинститутым щIэтIысхьэжри щытхъукIэ къиухащ. Хьэсэн и усэ тхылъым теухуауэ мы гукъэкIыжыр сигу къинэжащ. Черкесск къалэм и лицей №5-м и унафэщIым и къуэдзэ, юридическэ щIэныгъэхэм я кандидат Астаховэ Татьянэ къыбгъэдэкI письмо «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм къэкIуат. Абы итт гъэ еджэгъуэр и кIэм нэблэгъауэ, экзамен тыгъуэу, зэпеуэхэм я чэзууэ, и гъэсэнхэр еджапIэ нэхъыщхьэм зэрыщIэтIысхьэным хуигъэхьэзыру, щIэныгъэ лэжьыгъэми хэту Тхьэзэплъ Хьэсэн диным теухуа и усэ тхылъыр бзылъхугъэм къызэрыIэрыхьар. А псом и унагъуэ Iуэхухэри къыхыхьэжат: пхъурылъху къыхуалъхуат, и къуэм и хьэгъуэлIыгъуэм зыхуагъэхьэзырырт, и адэ-анэр сымаджэ хьэлъэт. КIэщIу жыпIэмэ, а лъэхъэнэм цIыхубзым куэд хузэтрихьат. Тхылъыр къыIэрыхьэри махуэ бжыгъэ фIэкI дэмыкIауэ Татьянэ и адэр дунейм ехыжащ. Астаховэм и тхыгъэм Тхьэзэплъым фIыщIэ ин къыщыхуищIырт нэху, Iущыгъэ, цIыхугъэ зыхэлъ и усэхэм а махуэ хьэлъэхэр, и гуауэр къызэрыдагъэпсынщIам, къару къызэрыхалъхьам папщIэ. Апхуэдэу гуапэу бзылъхугъэр къыпэджэжат Хьэсэн и усэхэм. Псэм зегъэузэщIыным, диным теухуа апхуэдэ нэгъуэщI усэхэр иIэмэ иджыри Татьянэ хуигъэхьыну щылъаIуэм, «Горянка» газетым къытригъэдзат Хьэсэн и усэ гуп. УсакIуэм къыфIэмыIуэхункIэ Iэмал иIэкъым и псалъэр цIыхухэм гунэс зэращыхъур. КъызэрысфIэщIымкIэ, псалъэр зи Iэщэ дэтхэнэми жаIэм и мыхьэнэмрэ цIыхухэм ар зэрызыхащIэмрэ гулъытэ хуащIын хуейщ. Апхуэдэу щыхъукIэ, зы тхылъеджэм нэхъ мыхъуми и гум удыхьэфамэ, ар дахагъэм, гуапагъэм хуэбгъэушыфамэ, е зыхэт гузэвэгъуэм къыхэпшыфамэ, и усэхэм тригъэкIуэда зэманыр пщIэншэ хъуакъым. А къалэным Хьэсэн хуэIэкIуэлъакIуэщ. ГЪУТ Iэдэм, филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор. Тхьэзэплъ Хьэсэнрэ Абазэ Шэрэфрэ. 2008 гъэ ЩIДАА-м и Президиумым и зэхуэс нэужьым. Мейкъуапэ къалэ, 2005 гъэ Итхахэм сыкъеджа нэужь Тхьэзэплъ Хьэсэн, сымыбзыщIу жысIэнщи, фIыуэ солъагъу. Ар зэчий зыбгъэдэлъ тхакIуэ, усакIуэ къудейкъым. Шэч къытепхьэркъым а цIыхум и псэкупсэм и инагъми. ЦIыхум ухуэзэу ар занщIэу уигу щихуж щыIэщ. Хьэсэнрэ сэрэ япэу дызэрызэхуэзэрэ куэд щIащ, 80 гъэхэм и кIэрщ, литератор щIалэгъуалэм я IX союзпсо зэIущIэ щезгъэкIуэкIарщ. Мис абы щыгъуэ Тхьэзэплъымрэ сэрэ дызэIущIауэ щытащ. Абы и пэкIэ сэ адыгэ лъэпкъым къыхэкIа цIыху срихьэлIатэкъым. И щэныфIагъым сыкъигъэуIэбжьу цIыху гъэщIэгъуэным и дуней къэслъэгъуащ. Урысхэм къазэрыщыхъумкIэ, Кавказым щыпсэу цIыхур нэжэгужэщ, ехьэжьащ, узыншагъэ быдэ зэрыбгъэдэлъыр узэрыIуплъэу къапщIэу. Иджы си пащхьэм къитыр зыкIи абы хуэдэкъым. УкIытапэурэ къыпогуфIыкI, и дунейр зэрымытыншыр и нитIым къыщIех. И усэхэм сыкъеджа иужь, къызгурыIуащ ар япэу игу къыпылъэдар «къизыкIутыкIхэм» зэращымыщыр, зэрызэпIэзэрытыр, адрейхэм задригъэкIуным зэрыхущIэкъур. Кавказым щыщ литератор щIалэхэм я нэхъыбэр усакIуэ нэхъыжьхэу Кулиев Къайсын, КIыщокъуэ Алим, Гамзатов Расул сымэ я щапхъэу тхэрт. Абыхэм я усэхэр теухуат Кавказ щIыналъэм жьгъырууэ щежэх псы цIыкIухэм, уафэгум лъагэу ит къуршыбгъэхэм. Тхьэзэплъ Хьэсэн ейхэр абыхэм зыкIи хуэдакъым. Сэ сощIэж абы и усэ сатырхэу философие гупсысэ зыщIэлъыр — гъащIэм и мыхьэнэм теухуар. Толстой Лев итхыгъауэ щытащ: «ТхакIуэр гъащIэм иIэ мыхьэнэм, лIэныгъэм егупсысмэ, философие зыщIэлъ литературэм и къежьапIэ мэхъу». Сэ куэд жысIэфынущ си ныбжьэгъу Хьэсэн, Урысей Федерацэм и ТхакIуэхэм я союзым сыт щыгъуи IэплIэешэкIкIэ ирагъэблагъэм, и хьэл-щэнхэм ятеухуауэ. Дэтхэнэ ди зэхуэзэри, зэманкIэ мащIэу щытми, псалъэмакъ гъэщIэгъуэнкIэ гъэнщIащи, гуимыхужу къонэ. Иджы, Тхьэзэплъ Хьэсэн къызэралъхурэ илъэс 70 щрикъум, сигу къокIыж, Толстой Лев и нэгъуэщI псалъэхэр: «Илъэс 50-м цIыхур щынэсам и деж, щыуэми емыкIу хъунукъым, сыту жыпIэмэ абы илъэгъуаращ тегъэщIапIэ ищIыр. Илъэс 60 хъуам иджыри щыуагъэ IэщIэкIыныр къозэгъ, сыту жыпIэмэ, лэжьыгъэм, гъащIэм щилъэгъуаращ нэхъыбэ зытриухуэр. Ауэ цIыхур илъэс 70 ирикъуамэ, ар щыуэнкIэ Iэмал зимыIэщ, сыту жыпIэмэ, блэкIам ириплъэжрэ гъащIэм и къэкIуэнум егупсысыфу щытын хуейщ. Аращи, сэ сыхуейщ Хьэсэн сеупщIыну: «Хьэсэн, уэ Iущыгъэм и щыгум унэса, щыуагъэ пIэщIэкIыныр къемызэгъыжу къэплъытэрэ?» Насып, лъагъуныгъэ уиIэу, Хьэсэн, литературэм и лъагапIэм унэсы- ну!» ЛОПУСОВ Юрий, усакIуэ, Урысей Федерацэм и ТхакIуэхэм я союзым и секретарь.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27674.txt" }
Хабзэ нэхъыщхьэм и джэлэс ЗэхъуэкIыныгъэ инхэр къызэрыщыхъуам, захуагъэм тет цIыхубэ жылагъуэ къэралым щызэтраухуэну зэрыхущIэкъум къыхэкIыу ди къэралым и щIыналъэхэм Конституцэ судхэр къыщызэрагъэпэщу хуежьащ илъэс тIощI и пэкIэ. Къэбэрдей-Балъкъэрыр ящыщащ апхуэдэ IуэхущIапIэ япэу къыщызэIуаха республикэхэм. Мы зэманым Конституцэ судхэр УФ-м и щIыналъэ 16-м щолажьэ. Геляхов Абдулыхь УФ-м и Конституцэм и 5-нэ статьям ипкъ иткIэ, Федерацэм и республикэхэм я конституцэхэр яIэжщ, езыхэми къэралкIэ йоджэ. Апхуэдэу щыщыткIэ, ахэр хуитщ езыхэм я щIыналъэхэм езэгъ хабзэхэр ягъэувыжыну. Пэжщ, а хабзэхэр УФ-м и Конституцэм къызэрыщхьэщыкI щыIэкъым, ауэ езыхэм я конституцэ зэраIэм къыхэкIыу, ар емыбакъуэу зэрагъэзащIэм кIэлъыплъыну зи пщэ къыдэхуэ IэнатIи щыIэн хуейщ. Аращ конституцэ судхэм я къалэнри. «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Конституцэ Судым и IуэхукIэ» Закон 1992 гъэм къащтами, ар щызэтраухуар 1993 гъэм накъыгъэм и 17-рщ. Республикэм и Совет Нэхъыщхьэм и унафэкIэ судыщIэхэу хахащ Мер Юрэ, Багъ Юрэ, Къумыкъу Борис, Адамов Геннадий, Бликановэ Валентинэ, Отаров Магомед, Созаевэ Светланэ сымэ. Судым и япэ унафэщI хъуащ Мер Юрэ, абы и къуэдзэу ягъэуващ Багъ Юрэ. БлэкIа лъэхъэнэм Судым и лэжьыгъэм зэхъуэкIыныгъэ инхэр игъуэтащ. Мы зэманым ар зытещIыхьар КъБР-м и конституцэу 1997 гъэм фокIадэм и 1-м къащтамрэ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Конституцэ Судым и IуэхукIэ» Закон №38-РЗ-уэ 1997 гъэм дыгъэгъазэм и 12-м къыдэкIамрэщ. Ди хабзэгъэув зэхуэсым куэдкIэ зригъэубгъуащ ди IуэхущIапIэм и пщэ къыдэхуэ къалэнхэм. Иджы абы зыхуагъазэ мэхъу нэхъыбэм. Мурадыр зыхуэунэтIар хабзэр Iэмал зэриIэкIэ нэхъ куэдым ялъэIэсынырщ, абыхэм зэхуэдэ хуитыныгъэ яIэнырщ. КъБР-м и Конституцэ Судым зыхуэзыгъэзэну хуитхэр хэтми яубзыху республикэм и Конституцэм и 122-нэ статьям и 2-нэ Iыхьэмрэ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Конституцэ Судым и IуэхукIэ» Законым и 68-нэ, 72-нэ, 76-нэ, 80-нэ, 85-нэ, 89-нэ, 95-нэ статьяхэмрэ. Апхуэдэ хуитыныгъэ яIэщ КъБР-м и Iэтащхьэм, Парламентым, Правительствэм, Суд Нэхъыщхьэм, Арбитраж судым, республикэм и прокурорым, щIыпIэ самоуправленэм и органхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм, цIыху щхьэхуэхэм. Сыт хуэдэ Iуэхухэра ди хеящIэ судым зэхигъэкIыр? Япэрауэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и законхэр, КъБР-м и Iэтащхьэм, Парламентым, Правительствэм ягъэув хабзэхэр, щIыпIэ самоуправленэм Iуэхухэр зэрыщызэрагъакIуэр щIыналъэм и Конституцэм къызэрезэгъырщ; ЕтIуанэрауэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм нэгъуэщI къэралхэм, щIыналъэхэм ярищIылIа зэгурыIуэныгъэхэу къару зымыгъуэтахэр КъБР-м и Конституцэм къызэрезэгъырщ; Ещанэрауэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал властым и органхэмрэ щIыпIэ унафэр зезыгъакIуэ IэнатIэхэмрэ яку къыдэхъуэ зэныкъуэкъур республикэм и Конституцэм зэрезэгъырщ. Абыхэм къадэкIуэу ди Конституцэ Судым и къалэнщ: а) цIыхухэм я конституцэ хуитыныгъэхэр къызэрызэпаудым теухуа тхьэусыхафэхэм хэплъэну, судхэр къызэрыщIэупщIам ипкъ иткIэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и закону е хабзэ мардэу Iуэху пыухыкIам егъэщIылIауэ къагъэсэбэпам е къагъэсэбэпынум конституцэ къару зэриIэр къипщытэну; б) Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Конституцэр къызэрыбгурыIуэн хуей щIыкIэр иубзыхуну; в) Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентыр зэбграгъэкIыжыну Iуэху къыщаIэткIэ, Парламентым республикэм и Конституцэр къызэрызэпиудам щыхьэт техъуэ тхылъхэр игъэхьэзырыну; г) езым и зэфIэкIхэм къитIасэу хабзэхэр къыхэлъхьэнымкIэ жэрдэм къиIэтыну; д) Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Конституцэм, нэгъуэщI законхэм япкъ иткIэ и пщэ къыдэхуэ нэгъуэщI лэжьыгъэхэри зэфIигъэкIыну. Мыбдежым къыщыхэгъэщыпхъэщ конституцэ хеящIэ судыр езым и жэрдэмкIэ Iуэху къиIэтыну зэрыхуимытыр. И къалэныр къащта унафэр хабзэм езэгърэ емызэгърэ зэхигъэкIынырщ. Абы мыхьэнэшхуэ иIэщ, дунейм и къэрал куэдым я конституцэ судхэр Iуэхур зэхэгъэкIыным зэрыхэIэбэр къэплъытэмэ. Ди хеящIэхэм я пщэ къыдэхуэр, иджыри къытедгъэзэжынщи, зыщ: къащта унафэр хабзэм езэгърэ емызэгърэ яубзыхунырщ. Езыхэм зы унафи якъутэжыркъым. Аращ я пщIэр къэзыIэтри. Конституцэ Судым и унафэр кIэухщ, абы егъэщIылIауэ тхьэусыхэжыну зыри хуиткъым. Языныкъуэ IэщIагъэлIхэм къалъытэ ар хеящIэхэр Iуэхухэм кIыхьлIыхьу щIыхэплъэм и щхьэусыгъуэхэм ящыщ зыуэ. Мыбдеж ущыпIащIэ хъунукъым. Конституцэ Судым и унафэр якъутэжыфынукъым, щIэрыщIэу унафэ тращIыхьу. Ар захуагъэ зыхэмылъу къыщIригъэдзыну зыри хуиткъым: нэгъуэщI судхэри къулыкъущIэхэри. Конституцэм емызэгъыу къалъыта унафэхэм езы судхэр щIэрыщIэу хэплъэжын хуейщ, ахэр зэрахъуэкIын папщIэ. Конституцэ Судым и лэжьыгъэм щхьэтечу и гугъу пщIымэ, ар нэхъыбэу зыхэплъэр КъБР-м и унафэщI властхэмрэ абыхэм я щIыпIэ къудамэхэмрэ къащта унафэхэр хабзэм езэгърэ емызэгърэ зэхэгъэкIыным ехьэлIа Iуэхухэрщ (процент 35-м хуэдиз), зэдауэ зэмылIэужьыгъуэхэрщ (процент 30). Апхуэдэу зыкъыхуагъазэ зи конституцэ хуитыныгъэхэр къызэпаудауэ къэзылъытэхэм (процент 20-м нэс), КъБР-м и Конституцэр къызэрыбгурыIуэнур зэзыгъэщIэну хуейхэм (процент 15). Къэрал властымрэ щIыпIэ органхэмрэ къыдагъэкI унафэхэр Конституцэм зэрезэгъыр е зэремызэгъыр къапщытэну лъаIуэу ди хеящIэ судым зыкъыхуагъазэ хъунущ: — къащта унафэр е нэгъуэщIыр Конституцэм емызэгъыу къэзылъытэхэм; — КъБР-м и Конституцэм щыгъэува хабзэхэм къэрал властхэр ебэкъуауэ къэзылъытэхэм. Жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ цIыху щхьэхуэхэмрэ мы Iуэхухэр къыщаIэт хъунущ: а) Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал властым е щIыпIэ самоуправленэм я органым, езыхэм я хуитыныгъэхэр къыпаубыдкIэрэ, республикэм и Конституцэм и хабзэхэр къызэпауду къалъытэмэ; б) къыпаубыд а хуитыныгъэхэр зэфIагъэувэжыну лъаIуэу япэ щIыкIэ зыхуэфащэ органхэм зэрызыхуагъэзам зыри къимыкIамэ; в) къаIэта Iуэхур нэгъуэщI судхэмкIэ зэфIэха мыхъунумэ. Къэгъэлъэгъуэн хуейщ Конституцэ Судым зыхуагъэзэн папщIэ тхьэусыхэхэм а щхьэусыгъуэ псори яIэн зэрыхуейр. Абы къыдэкIуэу ди хеящIэ судым и пщэ къыдохуэ КъБР-м и Конституцэм и тэмэмыпIэр властым и къэрал, щIыпIэ органхэм, цIыху щхьэхуэхэм къагурыгъэIуэныр. Апхуэдэу къохъу властым и органхэм я полномочиехэм егъэщIылIа зэныкъуэкъухэр. Ахэри зэфIэхыныр Конституцэ Судым и къалэнхэм ящыщ зыщ. Мыпхуэдэ Iуэхухэм хоплъэ хуабжьу зэпэшэчауэ. Абы папщIэ ди хеящIэхэм Iэмал псори яIэщ. ЯпэщIыкIэ абыхэм къаIэрыхьэ Iуэхухэм куууэ хоплъэ IуэхущIапIэм и аппаратым хыхьэ IэщIагъэлIхэр. Ахэр щIэныгъэшхуэ зыбгъэдэлъ лэжьакIуэхэщ. Сыт атIэ ди судыр зыхэплъэ Iуэхухэр щIэмащIэр? Мы зэманым Къэбэрдей-Балъкъэрыр хабзэрылажьэ щIыналъэ хъуащ. Конституцэр ди деж къыщыщызэпаудыр зэзэмызэщ. КъищынэмыщIауэ, властхэм я гугъу тщIынкъыми, цIыху куэдым хащIыкIыркъым ди хеящIэ лэжьыгъэр зыхуэдэм. Абы къыхэкIыу дэ зыкъытхуагъазэркъым дэхьэлIа Iуэху зыкъомымкIи. Конституцэ Судым зыми тезыр трилъхьэркъым, хабзэр иубзыху къудейщ. Мы зэманым КъБР-м и Конституцэ Судым хьэкумыщIи 6 хэтщ. Сэ абы сриунафэщIщ. Чэт Юрэрэ Хьэкъул Муратрэ си къуэдзэхэщ. Адамов Геннадий, Бликановэ Валентинэ, Мысрокъуэ Замир сымэ судыщIэхэщ. Дэ тщыщ зым «УФ-м щIыхь зиIэ и юрист» цIэ лъапIэр зэрехьэ, щыр щIэныгъэхэм я докторщ. Ди лэжьыгъэр нэхъыщхьэу зыхуэунэтIар, зэрыгурыIуэгъуэщи, конституцэ хабзэхэр ди гъащIэм щыгъэбыдэнырщ. ГЕЛЯХОВ Абдулыхь, КъБР-м и Конституцэ Судым и унафэщI.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27684.txt" }
Семэн Пщыкъан: Къэпщытэныгъэхэм дыхуэхьэзырщ Курыт школхэр къэзыух ныбжьыщIэхэм, абыхэм я егъэджакIуэхэмрэ адэ-анэхэмрэ я дежкIэ мы зэманыр жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъщ, сыту жыпIэмэ накъыгъэ мазэм еджакIуэхэм тын щIадзэнущ Зыуэ щыт къэрал экзаменхэр. Къэпщытэныгъэхэм я Iэмал нэхъыщхьэу илъэс зыбжанэ лъандэрэ къалъытэ ЕГЭ-р мы гъэм зэрекIуэкIынумрэ абы хэлъ щхьэхуэныгъэхэмрэ ятеухуа упщIэ куэд яIэщ абы хэт псоми. Абыхэм жэуап иредгъэтыну, мыгъэрей экзаменхэм тедгъэпсэлъыхьыну иджыблагъэ зыхуэдгъэзащ КъБР-м егъэджэныгъэм- рэ щIэныгъэмкIэ и министр Семэн Пщыкъан Григорий и къуэм. — Зыуэ щыт къэрал экзаменхэм я къызэгъэпэщыкIэм, егъэкIуэкIыкIэм илъэс къэс щIэ гуэр халъхьэ. Мы гъэм екIуэкIыну къэпщытэныгъэхэм хэлъ апхуэдэ Iуэхугъуэхэм укъытхутепсэлъыхьамэ арат, Пщыкъан. — Мыгъэрей ЕГЭ-р зэрекIуэкIыну жыпхъэр нэгъабэрейм куэдкIэ тохуэ. ЗымащIэщ абы зэхъуэкIыныгъэу халъхьар. Курыт школхэр къэзыуххэм Зыуэ щыт къэрал экзаменхэр мы илъэсми ятынущ предмет 14-кIэ, абыхэм ящыщу тIур Iэмал имыIэу дэтхэнэми итыпхъэщ: урысыбзэмрэ математикэмрэ. Адрейхэр: литературэр, физикэр, химиер, биологиер, географиер, Урысейм и тхыдэр, обществознаниер, хамэ къэралыбзэхэр (инджылызыбзэ, франджыбзэ, нэмыцэбзэ, испаныбзэ), информатикэмрэ информацэ-коммуникацэ технологиехэмкIэ (ИКТ) — щхьэж зыхуеинухэр къыхахыу ят хъунущ. Ахэр елъытащ ныбжьыщIэхэр зыщIэтIысхьэну я мурад еджапIэхэм къагъэув мардэхэм. Къыхэгъэщыпхъэ Iуэхугъуэхэм ящыщу мыхьэнэшхуэ иIэщ 2013 гъэм ятыну экзаменхэмкIэ ныбжьыщIэхэм Iэмал имыIэу къахьын хуей балл бжыгъэр иджыри къэс къэмыхъуауэ нэхъ мащIэ зэращIар. Псалъэм папщIэ, урысыбзэмкIэ ар балл 36-рэ хъуащ, математикэмкIэ балл 24-рэ ящIащ. Нэгъабэрейхэм еплъытмэ, баллхэр адрей предметхэмкIи нэхъ мащIэщ. ЗэхъуэкIыныгъэ халъхьащ экзаменхэр зэрызэкIэлъыкIуэми ахэр щекIуэкIыну махуэхэми. Экзаменхэм щIадзэнущ накъыгъэм и 27-м. А махуэм ятынущ урысыбзэр. Абы и ужькIэ къэпщытэныгъэхэр екIуэкIынущ, щхьэж къыхиха предметым елъытауэ, информатикэмрэ информацэ-коммуникацэ технологиехэмкIэ (ИКТ), биологиемкIэ, тхыдэмкIэ (накъыгъэм и 30-м). КъыкIэлъыкIуэ экзаменыр псоми ятыну математикэращ — ар зытехуэр мэкъуауэгъуэм и 3-рщ. Абы къыкIэлъыкIуэнущ хамэ къэралыбзэхэмкIэ, физикэмкIэ (мэкъуауэгъуэм и 6-м), обществознаниемкIэ, химиемкIэ (мэкъуауэгъуэм и 10-м), географиемкIэ, урыс литературэмкIэ (мэкъуауэгъуэм и 13-м) экзаменхэр. Мы гъэм экзаменхэр нэхъ пасэу щIаублэм щхьэусыгъуэ хэха иIэщ: Iэмалыншэу ятыпхъэ предметхэм къарикIуахэр щыгувэ щыIэщи, а псори школыр къэзыуххэм я гуфIэгъуэ пшыхьым и пэ наIуэ къэхъун папщIэщ. Экзаменхэм хэтхэм гу лъезгъэтэну сыхуейт ахэр зэрекIуэкIыу щыта сыхьэт бжыгъэхэми зэхъуэкIыныгъэ зэрыхэлъыр. Ахэр ехьэлIащ математикэ, информатикэ, физикэ, литературэ предметхэм. ИпэкIэ абыхэм сыхьэти 4 хухахыу щытамэ, мы гъэм ахэр зэрекIуэкIынур сыхьэти 3-рэ дакъикъэ 55-рэщ. Апхуэдэу урысыбзэмкIэ экзаменыр япэм сыхьэти 3-кIэ зэфIэкIыпхъэу щытати, мы гъэм абы хухахащ сыхьэти 3-рэ дакъикъэ 30-рэ. Адрей экзаменхэм хухах зэманым зэхъуэкIыныгъэ ягъуэтакъым. — КъэпщытэныгъэхэмкIэ Iэмал имыIэу къахьыпхъэ баллхэм хуэдиз къэзымыхьыфахэм ЕГЭ-р иджыри зэ ятыж хъуну? Экзаменхэм хэт куэд зыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэм ящыщщ ар. — Хъунущ, ар урысыбзэ е математикэ предметитIым языхэзым ехьэлIамэ. Зи гугъу тщIа балл бжыгъэхэр а предметитIымкIи къамыхьыфамэ, ныбжьыщIэм экзаменыр итыжыну хуитыныгъэ щиIэр къыкIэлъыкIуэ илъэсырщ. Апхуэдэу хъумэ, еджакIуэм аттестат къихьынукъым, атIэ школым зэрыщеджамкIэ справкэ къратыну аращ. Щхьэж зыхуейуэ къыхих предметхэмкIэ балл бжыгъэр яхуримыкъумэ, ари ятыжыну хуитыныгъэ щаIэр къыкIэлъыкIуэ илъэсырщ. — Курыт школыр къызэрыбухам щыхьэт техъуэ аттестатыр къэхьыныр, апхуэдэу абы итыну оценкэхэри зыгуэркIэ елъыта Зыуэ щыт къэрал экзаменхэм кърикIуэхэм? — Аттестат къэхьыныр (къэмыхьыныр) зэлъытар урысыбзэмрэ математикэмкIэ къахь балл бжыгъэрщ: ахэр Iэмалыншэу къэхьыпхъэм хуэдиз (е нэхъыбэ) хъумэ, адрей предметхэмкIэ яIэ балл бжыгъэм емыпхауэ, ныбжьыщIэхэм аттестат къаIэрыхьэнущ. А дэфтэрым итыну оценкэхэм я гугъу тщIымэ, ахэр ирагъэувэж, еджакIуэр 10-11-нэ классхэм зэреджам тещIыхьауэ. КIэщIу жып-Iэмэ, ЕГЭ-м къарикIуэхэмрэ курыт школыр къызэраухамкIэ аттестатым ит оценкэхэмрэ зэпыщIакъым. ЕГЭ-м кърикIуахэр абы щыхьэт техъуэу ят хабзэ Свидетельствэ щхьэхуэм къыщагъэлъагъуэ. Къыхэзгъэщыну сыхуейт мы Iуэхугъуэри. Зи гугъу тщIы Свидетельствэхэр илъэс къэс ят мэкъуагъуэм и 27 пщIондэ. Зы щхьэусыгъуэ гуэркIэ ныбжьыщIэм ар къыIэрымыхьэжауэ, ауэ езыр нэгъуэщI щIыпIэ щыIэ еджапIэм щIэтIысхьэну и мураду республикэм икIын хуей хъумэ, Iуэхум ущIэпIейтеин лъэпкъ хэлъкъым, сыту жыпIэмэ дэтхэнэ еджапIэми хуитыныгъэ иIэщ ЕГЭ-хэм къарикIуахэр зэрылъ федеральнэ хъыбарегъащIэ IэнатIэм зыпищIэну. Абы кърах экзаменхэм къарикIуа балл бжыгъэхэр. Апхуэдэ Свидетельствэхэр мы гъэми ятынущ. Абыхэм къару яIэщ экзаменхэр щата илъэсым къыкIэлъыкIуэ гъэм и дыгъэгъазэм и 31 пщIондэ. А дэфтэрыр къащыIэрыхьэжа илъэс дыдэм дзэ къулыкъум ираджа щIалэхэм ар къагъэсэбэп хъунущ дзэм къыщыхэкIыжа зэманым къыкIэлъыкIуэ зы илъэскIэ. ЕтIанэгъэ къыщыщIэдзауэ Свидетельствэхэр тынымрэ абыхэм къару зэраIэну илъэс бжыгъэмрэ зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьэнущ. — ЕГЭ-р зэрырагъэкIуэкIамрэ абы кърикIуахэмкIэ мыарэзыхэр щыщыIэ къохъу. Апхуэдэхэм я Iуэху дэнэ щыдэкIынур? — УФ-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм къыдигъэкIа унафэм ипкъ иткIэ, Зыуэ щыт къэрал экзаменыр (ЕГЭ) 2013 гъэм зэрекIуэкIыну ягъэува хабзэр и лъабжьэу, КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм республикэм и цIыхухэм хъыбар ярегъащIэ ЕГЭ-р зэрырагъэкIуэкIамрэ абы кърикIуахэмкIэ мыарэзыхэм папщIэ Апелляцэ (Конфликтнэ) комиссэ зэрылэжьэнумкIэ. ЕГЭ-м и хабзэхэм япкъ иткIэ, экзаманыр зэрекIуэкIамкIэ е хуагъэува баллхэмкIэ мыарэзымэ, абы хэтхэм хуитыныгъэ яIэщ апхуэдэ тхылъ Апелляцэ комиссэм ягъэхьыну. Экзаменыр зытар ар зэрырагъэкIуэкIамкIэ мыарэзымэ, абы апелляцэ ит хъунущ. Апхуэдэ тхылъыр экзамен нэужьым аудиторэм укъыщIэмыкIыж щIыкIэ етын хуейщ Къэрал экзамен комиссэм (ГЭК) ЕГЭ-р егъэкIуэкIынымкIэ и лIыкIуэм. Апхуэдэу а комиссэм тхылъ епт хъунущ, экзаменыр зытар абы кърикIуа балл бжыгъэхэмкIэ мыарэзымэ. ЕГЭ-м кърикIуахэр наIуэ къыщыхъуа махуэм къыщыщIэдзауэ лэжьэгъуэ махуитIым къриубыдэу апхуэдэ тхылъыр тын хуейщ. Апелляцэ комиссэр план убзыхуам тету лэжьэнущ. А комиссэр хэплъэркъым къызэрапщытэ материалхэр (КИМ) зэрызэхэлъым е экзаменыр зытым хабзэр къызэрызэпиудам ехьэлIа Iуэхухэм. Абы къыхэкIыу экзаменым хэтхэм ягъэзэщIэн хуейщ абы ехьэлIа хабзэхэр. Экзамен зытхэр хуиткъым аудиторэм жып телефонхэр здыщIахьэну, къызэрапщытэ материалхэм сурэт трахыу ахэр Интернетым иралъхьэну. Апхуэдэ къэхъумэ, абы занщIэу гу лъатэнущ Тестхэр зэхэгъэувэнымкIэ федеральнэ центрым и IэщIагъэлIхэм икIи хабзэр къызэпызыудар экзаменым къыщIагъэкIынущ икIи ар итыжыну хуитыныгъэ щиIэ- нур етIанэгъэщ. — Пщыкъан, Интернетым гъунэжу щыбогъуэт ЕГЭ-м ехьэлIа Iуэхутхьэбзэ зэмылIэужьыгъуэхэр къыпхуэзыщIэну хьэзыр куэд. Абыхэм дзыхь яхуэпщI хъуну? — Экзаменхэм хэтынухэм ящIэну сыхуейщ апхуэдэ Iуэхутхьэбзэхэм дзыхь лъэпкъ яхуэпщI зэрымыхъунур. Пэжщ, Интернетым ущрохьэлIэ экзаменхэмкIэ КИМ-хэр, абыхэм я жэуапхэр зыщэну хьэзыр куэдым. Абыхэм зыщадзеймэ нэхъыфIщ ЕГЭ зытынухэр, сыту жыпIэмэ ар хьэгъэщагъэу аращ. ЕГЭ-кIэ къызэрапщытэ материалхэр илъэс къэс къагъэщIэрэщIэж, дэтхэнэ вариантми штрих-кодрэ номер хэхарэ иIэу. Ахэр щагъэхьэзырыр экзаменым ипэ ит махуэращ, ар нэхъ пасэу Интернетым иралъхьэфынри щхьэгъэпцIэжщ. — ЕГЭ-хэр зытынухэмрэ ахэр зэратыну предметхэмкIэ базэхэр щагъэхьэзыр лъэхъэнэр блэкIами, зы экзамен гуэр птыжыну ухуит, ипэкIэ зумыгъэтхами? — Хьэуэ. ЕГЭ-м хэтынухэмрэ абыхэм ятыну экзаменхэмрэ зэрыт электрон базэр гъатхэпэм и 1-м ирихьэлIэу хьэзыр хъуащ. Дэтхэнэри хуитащ абы нэмысу лъэIу тхылъ итыну, зыхуей экзаменхэр къыщыгъэлъэгъуауэ. Гъатхэпэм и 1-м и ужькIэ дэ Федеральнэ центрым едгъэхьыжащ зэхуэтхьэса а хъыбархэр. Абыхэм япкъ иткIэ къагъэхьыну КИМ-хэр къэпщытэныгъэхэм хэтынухэм я бжыгъэм хуэкIуэу аращ. Экзаменхэм ущыщIыхьэкIэ, паспортрэ пропускрэ ухуейщ, нэгъуэщIу ущIыхьэфынукъым. Зыгуэр бзаджагъэкIэ щIыхьэрэ экзаменыр итми, абы кърикIуахэр зыми къилъытэнукъым, лэжьыгъэри къапщытэнукъым, абы ехьэлIа хъыбар лъэпкъ базэм илъкъыми. — ЕджапIэ нэхъыщхьэхэм, курыт щIэныгъэрэ IэщIагъэрэ къозытхэм абитуриентхэр зэрыщIэтIысхьэ хабзэхэм зэхъуэкIыныгъэ халъхьа? — Апхуэдэ зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр щыIэкъым. Нэгъабэ хуэдэу, абитуриентым хуитыныгъэ иIэщ зэрыщIэтIысхьэнумкIэ лъэIу тхылъыр зэуэ еджапIи 5-м итыну, унэтIыныгъи 3-кIэ. Льготэ зиIэхэм апхуэдэ я хуитыныгъэр къыщагъэсэбэп хъунур зы еджапIэрщ икIи зы унэтIыныгъэмкIэщ. НэгъуэщI еджапIэхэм ахэр къызэращтэнур адрей абитуриентхэм хуэ- дэущ. — Экзаменхэр щIадзэным къэнэжа щыIэкъым. Ди республикэр нэсу хуэхьэзыр а къэпщытэныгъэхэр егъэкIуэкIыным? — Иджырей лъэхъэнэм зэфIэкIащ ЕГЭ-хэр егъэкIуэкIыным пыщIа къызэгъэпэщыныгъэ лэжьыгъэ псори. ЕГЭ-м хэтхэм я щIыналъэ базэр убзыхуа хъуащ. Мыгъэрей ЕГЭ-р ятынущ цIыху 6947-м. Абыхэм ящыщу 6554-р мы гъэм курыт школхэр къэзыуххэрщ, адрейхэр щхьэусыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ илъэс блэкIахэм ЕГЭ-р зымытахэрщ, аттестат къызыIэрымыхьэжахэрщ. Нэхъыбэ дыдэу ятынущ урысыбзэмрэ математикэмрэ, сыту жыпIэмэ ахэр Iэмал зимыIэщи. Абыхэм къакIэлъокIуэ обществознаниер, тхыдэр, биологиер, физикэр, химиер. Экзаменхэр щекIуэкIынущ щIыпIэ (пункт) 43-м. Ахэр къызэгъэпэщауэ щытынущ зыхуей-зыхуэфI псомкIи: мылъку-техникэ лъабжьэкIи, IэщIагъэлIхэмкIи, кIэлъыплъакIуэхэмкIи. Экзаменхэм щыIэну жылагъуэ кIэлъыплъакIуэхэр къыхэхынри зэфIэкIащ. ЩIыпIэ къэс щедгъэкIуэкIащ ЕГЭ-м теухуа «стIол хъурейхэр». А зэIущIэхэм жыджэру хэтащ курыт школхэр мы гъэм къэзыух ныбжьыщIэхэр, абыхэм я адэ-анэхэр, егъэджакIуэхэр, республикэм и еджапIэ нэхъыщхьэхэм я лIыкIуэхэр, нэгъуэщIхэри. КъБР-м и Къэрал экзаменационнэ комиссэм (ГЭК) хэтхэм я зэIущIи къызэдгъэпэщащ, ЕГЭ-м пыщIа Iуэхугъуэхэм дытепсэлъыхьу. Ди псалъэмакъым и кIэухыу захуэзгъэзэну сыхуейщ къэпщытэныгъэм хэтыну ныбжьыщIэхэм. Абыхэм сохъуэхъу ябгъэдэлъ щIэныгъэр зи лъабжьэ ехъулIэныгъэ лъагэхэр къагъэлъэгъуэфыну, зи гугъуехьыр псыхэкIуадэ хъу къахэмыкIыу, курыт щIэныгъэ зэраIэмкIэ аттестатхэр, ЕГЭ-хэр зэратыфамкIэ дэфтэрхэр къахьыфыну. Епсэлъар КЪАРДЭН Маритэщ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27687.txt" }
Нэбэ ХъыбарегъащIэ зэгухьэныгъэм и дунейпсо махуэщ Гу узыфэхэм ебэныным и дунейпсо махуэщ 1944 гъэм Кърым АССР-р щымыIэж ящIащ. Щалъхуа щIыпIэхэм ирашауэ щытащ кърым тэтэр мин 200-м нэс. Норвегие пащтыхьыгъуэм и махуэшхуэщ — я Конституцэм и махуэщ. 1963 гъэм Таймыр хытIыгуныкъуэм щыяпэу ухуэн щIадзащ Усть-Хантайскэ ГЭС-р. Ар дунейм щынэхъ ищхъэрэ дыдэ гидроэлектростанцщ. Тхыдэдж, узэщIакIуэ Хьэджымыкъуэ Темтэч къызэралъхурэ илъэси 165-рэ ирокъу. Урысей Федерацэм и цIыхубэ артисткэ ДыщэкI КIунэ къыщалъхуа махуэщ. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, пIалъэ-пIалъэкIэрэ уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 19 — 21-рэ, жэщым градус 13 — 15 щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27691.txt" }
Лэжьэн щIедзэ КъБР-м и Жылагъуэ палатэм иджыблагъэ иIэ хъуащ ЩIалэгъуалэ совет. Ар дэIэпыкъуэгъу хъунущ щIэблэм я Iуэхухэр нэхъыфIу зэфIэхынымкIэ, республикэм щыIэ зэгухьэныгъэхэм нэхъ жыджэру ядэлэжьэнымкIэ. ЩIалэгъуалэ советым и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ Жылагъуэ палатэм зэфIихын хуейуэ и пщэ къыдэхуэ Iуэхухэм щIэблэщIэр хэшэныр, апхуэдэ зэгухьэныгъэхэм хэтхэр зэпыщIауэ КъБР-м и къэрал IуэхущIапIэхэм, щIыпIэ самоуправленэхэм ядэлэжьэныр, КъБР-м щыIэ щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэм я лэжьыгъэхэр зэгъэуIуныр. Советыр къызэзыгъэпэщахэм я мурадщ щIалэгъуалэр социально-экономикэ, политикэ, щэнхабзэ гъащIэм хэша хъун папщIэ Iэмалхэр убзыхуныр, щIалэгъуалэ политикэр гъэзэщIа хъуным къару хэлъхьэныр, зэфIэкI зыбгъэдэлъ ныбжьыщIэхэм я жэрдэмыр дэIыгъыныр, нэгъуэщIхэри. Зэпеуэ къыхалъхьам ипкъ иткIэ, ЩIалэгъуалэ советым хэтыну цIыху 55-рэ къыхахащ. Ахэр комиссэ 11-м щылэжьэнущ. ЩIалэгъуалэ советым и Iэтащхьэр Шыпш Аслъэнщ, абы и къуэдзэу Мокаев Ачмезрэ Журавлевэ Татьянэрэ хахащ. Правовой IуэхухэмкIэ, къэрал IуэхущIапIэхэмрэ щIыпIэ самоуправленэхэм ядэлэжьэнымкIэ — Дыджэ Арсен, экономикэмкIэ, бюджетымрэ туризмэмкIэ — Хьэмыкъуэ Ахьмэд, социальнэ политикэмкIэ, лэжьыгъэмрэ цIыхухэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэщынымкIэ — Афэ Азрэт-Алий, егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ — Узденов Расул, узыншагъэр хъумэнымкIэ — Урысмамбэт Даниял, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм ядэлэжьэнымкIэ — Мыз Залинэ, граждан институтхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ядэлэжьэнымкIэ — Уяновэ Любовь, мэкъумэш политикэмкIэ, къуажэ Iуэхухэмрэ экологиемкIэ — Дудар ФатIимэ, физкультурэмрэ спортымкIэ — Чабдаров Тенгиз, щэнхабзэмкIэ — Темукуевэ Маликэ, регламентымрэ ЩIалэгъуалэ советым и лэжьыгъэр къызэгъэпэщынымкIэ Аббасовэ Нафисад сымэ комитетхэм я унафэщI хъуащ. ЩIалэгъуалэ советым и Президиумым цIыху 15 хэтщ. Щомахуэ Залинэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27695.txt" }
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УНАФЭ 2013 гъэм мэлыжьыхьым и 16 №214-рп Кавказ зауэм хэкIуэда адыгэхэм я фэеплъ махуэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм зыщыхуэгъэхьэзырын икIи щегъэкIуэкIын мурадкIэ: 1. Кавказ зауэм хэкIуэда адыгэхэм я фэеплъ махуэм зыхуэгъэхьэзырынымкIэ икIи ар егъэкIуэкIынымкIэ къызэгъэпэщакIуэ комитетым хэтхэр къэщтэн, мы Унафэм и гуэдзэным зэритым хуэдэу. 2. КъызэгъэпэщакIуэ комитетым хуэгъэувын Кавказ зауэм хэкIуэда адыгэхэм я махуэм теухуауэ ирагъэкIуэкIыну лэжьыгъэхэм я планыр зэхилъхьэу къищтэну. 3. Мы Унафэр зэрагъэзащIэм кIэлъыплъыну и пщэ илъхьэн Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Портэ Г. А. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ МАРЬЯШ Иринэ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2013 гъэм мэлыжьыхьым и 16-м къыдигъэкIа Унафэ №214-рп-мкIэ къищтащ Кавказ зауэм хэкIуэда адыгэхэм я фэеплъ махуэм зыхуэгъэхьэзырынымрэ ар егъэкIуэкIынымкIэ къызэгъэпэщакIуэ комитетым хэтхэр Портэ Г. А. — Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэр (къызэгъэпэщакIуэ комитетым и унафэщIщ) Фырэ Р. Б. — Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щэнхабзэмкIэ и министрыр (къызэгъэпэщакIуэ комитетым и унафэщIым и къуэдзэщ) Васильев С. В. — къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэр (зэгурыIуауэ) Къалмыкъ Ж. А. — Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я зэзыгъэIу советым и тхьэмадэр (зэгурыIуауэ) Кладько И. Е. — Налшык къалэ округым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр зыгъэзащIэр (зэгурыIуауэ) Къумахуэ М. Л. — Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министрыр Семэн П. Г. — Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министрыр Сэхъурокъуэ Хь. Хь. — Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэр (зэгурыIуауэ) Уянаевэ А. М. — Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и чэнджэщэгъур (зэгурыIуауэ) ХьэфIыцIэ М. М. — «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэр, «Адыгэ Хасэ» Къэбэрдей-Балъкъэр республикэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэр (зэгурыIуауэ) Яхэгуауэ К. С. — «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыщу абхъаз зауэм хэтахэм я союз» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэр (зэгурыIуауэ)
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27697.txt" }
«Адыгэ псалъэ» газетым и редатор нэхъыщхьэ ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27700.txt" }
Зыгъэпсэхугъуэ махуэм Къэхъуа МыIэрысэ хущхъуэхэр Ди хьэблэ дэсащ щIалэ цIыкIуитI: Къумыкъу Болэрэ Шагъыр Мышэрэ. Ахэр зэныбжьэгъуфIт, зы махуэ зэхуэмызамэ, зэхуэзэшу. Болэ Iэпсыгъуэлъэпсыгъуэт, нэбжьыц кIырт, Iупэ Iувт. Мышэ нэхъ зэIэщIэлът, и Iэ-и-лъэхэр инт, езыр къарууфIэт. НыбжькIи зэрагъэхь щыIэтэкъым, тIури зыгъэшкIэт, мазэ бжыгъэкIэ Мышэ нэхъыжьу. Илъэс пщыкIутI-пщыкIущым итхэу арати, я джэгугъуэт, бзаджэгъуэт. Зауэ нэужьти, псэукIэр хьэлъэт, ауэ цIыкIухэм ар зыхамыщIэ хуэдэт, зэрызытрагъэуни ящIэни ягъуэтырт. Болэрэ Мышэрэ зэрызэгъунэгъу къудейратэкъым зэныбжьэгъу зыщIар. Зэрыгъэунэхуауэ, тIуми шынэ жыхуаIэр ящIэртэкъым, дэтхэнэри я нэхъ жэщ кIыфIми къуажэкхъэм ихьэфырт и закъуэу. Адрей щIалэ цIыкIухэу абыхэм я ныбжьэгъухэм ар ялъэкIыртэкъым. Арати, Болэрэ Мышэрэ, я псэр зы чысэм илъщ, жыхуаIэм хуэдэу, къызэдэхъурт. Зэгуэрым, гъэмахуэр щиух лъэхъэнэу, Болэ сымаджэ хъуат. Мышэ къакIуэри абы и пIэ лъапэм деж зыкъомрэ щысащ щыму, нэщхъейуэ. — ЛIо, Мышэ, пфIэгуэныхь сыхъурэ? — еупщIащ абы Болэ. — Ахьейми ухъурэ, — жиIащ Мышэ. — НтIэ сыхъужыну ухуей? — Ахьей сыхуей. Си закъуэщи созэш. — НтIэ, ухуеймэ, мыдэ къэдаIуэ: занщIэу сыхъужыну къысфIощI, ЗакIуий Быбэхэ я мыIэрысэ пасэм щыщ сшхымэ. КъыбгурыIуа? — КъызгурыIуащ, — жиIащ Мышэ. — СыкIуэнщи Быбэ селъэIунщ. ТIури щIэдыхьэшхыкIащ, нащхьэ зэхуащIри. ЗэрыжиIам хуэдэу, пщыхьэщхьэхуегъэзэкI хъуауэ, Мышэ ипщэ хьэблэм кIуащ, Быбэ мыIэрысэ къыIрихыу Болэ къыхуихьыну. Куэбжэм Iуту джэурэ, сытми зы зэман Быбэ зэхихри къыщIэкIащ. Ар лIышхуэт, набдзэ Iуву, нэкIу тхъуэплъ хъужауэ. — ЛIо узыхуейр? — къеупщIащ ар Мышэ, бжыхьым къыщхьэпрыплъурэ. — Быбэ, — жиIащ Мышэ, — Къумыкъу Машэ и къуэ Болэ сымаджэ хъуащи, фи мыIэрысэ пасэм щыщ ишхамэ, хъужыну жеIэри, кхъыIэ, къызэти, хуэзгъэхь. — А, хьэмэ къилъхуа, абы сыткIэ ищIэрэ дэ мыIэрысэ пасэ диIэу? — Модэ Елей Мурид сымэ къыжраIащ… — пцIы иупсащ Мышэ. Армырамэ, дауэ жриIэнт Болэрэ абырэ хэтхэ я хадэ сыт итми фIыуэ зэращIэр… — ЛIо, ди мыIэрысэхэр хущхъуэ хъуа и гугъэ абы? — жиIащ Быбэ. — Хьэмэрэ фи хьэблэ щимыгъуэту ара? Зегъэхь адэ, сэ мыIэрысэ згуэшыркъым. Пэжыр жыпIэнумэ, Мышэ щыгугъыщэртэкъым Быбэ мыIэрысэ къритыну, итIани елъэIуу къыжриIэнум еплъыну хуейти арат щIэкIуар. Мышэ Быбэхэ я куэбжэм къыIукIыжри къежьэжащ. Пшапэр зэхэуэу хуежьат. Мышэ уэрамым щыджэгу цIыкIухэм зыкъомрэ яхэтащ, итIанэ къежьэжащ псоми ялъагъуу: «сокIуэж» жиIэри. АрщхьэкIэ абы и мурадтэкъым IэнэщIу Болэ къыхуэкIуэжыну. ИкIи къыхуэкIуэжакъым, къыхуихьащ мор зыщIэхъуэпс мыIэрысэ пасэхэм щыщу и гуфIакIэм дэз… Пщэдджыжьым Быбэ я жыг хадэм зэрихьэу къилъэгъуащ мыIэрысэ куэд жыг щIагъым зэрыщIэлъыр, зыгуэр теувэурэ зырызхэри ипIытIауэ. «Ядыгъуащ, — игу къэкIащ Быбэ. — Дыгъуэпшыхьрей щIалэ цIыкIур армырауэ пIэрэ?» Уэрамым дыхьэри, хьэблэ щIалэ цIыкIухэм еупщIащ: «Дыгъуэпшыхь ищхъэрэ хьэблэм щыщу мыпхуэдэ флъэгъуа?» — жиIэри. «НтIэ, къыддэджэгури тлъагъуу ехыжащ», — жаIащ цIыкIухэм. «Пэжынущ,- жиIэрт Быбэ, и пщIантIэ къыдыхьэжурэ. — Апхуэдэ цIыкIу мышынэу хадэм къихьэфынукъым. Хэту пIэрэ-тIэ?» Быбэ сыткIэ ищIэнт дыгъуэпшыхьрей щIалэ цIыкIур, хадэ дэнэ къэна, жэщ ныкъуэм кхъэм ихьэфу?.. Тхьэмахуэ нэхъ дэмыкIыу, Болэрэ Мышэрэ жыжьэу блэкIыу Быбэ ялъэгъуати, «мес мыIэрысэ хущхъуэ зиIэр!» — жаIэри, дыхьэшхыу щIэпхъуэжахэщ. Къагъырмэс Борис. ГушыIэ ЩIалэ Iейхэр дыкIуэж хъуну? — Iэпщэрылажьэ лэжьыгъэм сэбэпынагъ ин пылъщ, — жеIэ класс унафэщIым, сыхьэтихкIэ еджа щIалэ цIыкIухэр къыщIинауэ здахэпсэлъыхьым. — Спортым хуэдэ къабзэу, абы Iэпкълъэпкъыр жырым хуэдэу епсыхь, щхьэ ешам зрегъэгъэпсэхуж, курорт ущыIэм хуэдэу. Жейр абы IэфI зэрищIыр-щэ? Топ дэнэ къыщына, лагъым Iэтэ ягъэуакIэ уакъыхуэгъэушынукъым. А псор, си псэр зышхын цIыкIухэ, фэ вгъэунэхуащ, зымахуэ фысшэу, си хадэ зэщIэкIэжар щысхуэвгъэкъэбзам… ФыщIалэфIщ фэ псори! Нэсри къэсыжауэ фыщIалэфIщ!.. — Уэ сыт ухуейт, Угъурлыжь? — егъэджакIуэр щIоупщIэ, зи Iэр къэзыIэта щIалэ цIыкIум гу щылъитэм. — ЖыIэт… — ЩIалэ Iейхэр дыкIуэж хъуну? — жиIащ Угъурлыжь, егъэджакIуэр къыщеуэр (хадэ яригъэтIыну зэримурадыр) занщIэу къыгурыIуэри… ЛIыгъур Чэрим. Лъэпкъ шхыныгъуэхэр Хугу кхъуейжьапхъэ Псым шыгъу хадзэри, и щхьэр тепIауэ зэ къагъэкъуалъэ, абы хугу лъэсар халъхьэ, тхъурымбэр чымчыркIэ къытрах. Шыуаныщхьэр трапIэри дакъикъэ 15-кIэ хуэму къагъавэ, ауэ хугур щабэу вэху зэIыщIэн хуейкъым. ИтIанэ шатэ, псы щIыIэкIэ зэхэщIа джэдыкIэ цIынэ хугу вам хакIэ, Iыхьэ цIыкIуурэ зэпыупщIауэ кхъуей цIынэ халъхьэри, ар ткIуху ягъажьэ. АдэкIэ, зэIащIэурэ, нартыху хьэжыгъэ ухуэнщIа хакIутэри, мафIэ цIыкIум тету, и щхьэр ныкъуэтепIэу дакъикъэ 25-кIэ ягъажьэ. Хьэзыр хъуа кхъуейжьапхъэм тхъу къыщIедз. Кхъуейжьапхъэр щыжьэкIэ шыуаныщхьэр тепIамэ, къикIыпIэ имыгъуэту, и бахъэр псы мэхъури езым холъэдэж, абы тхъур куэдрэ къыщIидзыркъым. Зэрыпщтыру яшх, пIастэ е щIакхъуэ и гъусэу. Халъхьэхэр (цIыхуиплI Iыхьэ): хугуу — г 70, псыуэ — г 300, шатэу — г 1000, шыгъуу — г 8, нартыху хьэжыгъэу — г 12, джэдыкIэ кугъуэу — г 20, кхъуей цIынэу — г 20. Балыджэ зэхэупщIэта, бжьыныху хэлъу Балыджэ къагъэхьэзырар яупщIатэ пIащIэ хъурей цIыкIуу е IупщIэурэ. Бжьыныху укъэбзам шыгъу халъхьэри яуб. Бжьын цIынэ тхьэщIар хъурей цIыкIуурэ зэпагъэлъэлъ. А псори зы хьэкъущыкъу ла куум иралъхьэ, шыбжий фIыцIэ хьэжа хаудэ. Шатэ хакIэри зэIащIэж. Тепщэч цIыкIукIэ Iэнэм трагъэувэ. КIэртIоф гъэва, кIэртIоф пIастэ, щIакхъуэ, лэкъум дашх. Халъхьэхэр (цIыхуитI Iыхьэ): балыджэу — г 200, бжьыныху укъэбзауэ — г 15, шатэу — г 100, бжьын цIынэу — г 40, шыгъуу, шыбжий фIыцIэу — узыхуейм хуэдиз. «Адыгэ шхыныгъуэхэр» тхылъым къитхыжащ. Псалъэжьхэр Насыпыр пщэдджыжьым ягуэш Гъатхэ уафэ гъуанэщ. Гъатхэм тумысар бжьыхьэм къытепхыжыркъым. Джэдым джэдыкIэр и гуащIэщ. Куэд жызыIэ нэхърэ — куэд зылэжь. Мылэжьэф щхьэусыгъуэ и куэдщ. Насыпыр пщэдджыжьым ягуэш. ПщIэнтIэпс пщIэншэ хъуркъым. Гупсысэ кIэщIхэр Ныбжьрэ ныбжьэгъурэ ФIыуэ ялъагъу, пэжу зыхущыт, я нахуэри я щэхури зрахьэлIэ, Iуэху гуэр къалъыкъуэкIамэ, япэ дыдэу зэпхъуэ, я гуауэр къыдэзыгъэгуауэ, я гуфIэр яхуэзыгъэдахэ цIыхум адыгэхэр зэреджэр ныбжьэгъущ. Ныбжьэгъу… Ныбжьым хуэдэу пкIэрымыкIыу уи гъусэм ныбжьэгъу фIащащ. Дыгъэр пшэм зэрыщIилъафэу, ныбжьри мэкIуэдыж, къызэрыщIэкIыжу — дэнэкIэ бгъазэми, къыпкIэрымыхуу ныбжьри нокIуэ. Ныбжьэгъур уи дыгъэр къыщепсым уи гъусэрэ уи дыгъэр щыкъухьэм кIуэдыжыр аракъым. ЦIыхубэм игъэлъапIэр аракъым, атIэ уи дунейр кIыфI хъуауэ уи нэм зыри щимылъагъужым деж дыгъэ нэбзийуэ къыпхуэунэхурщ, дыгъэм хуэдэу укъэзыгъэхуабэрщ, ущещIэкIэ, жыр пкъоуэ къыпщIэувэрщ ныбжьэгъур. Жьэгумрэ уэнжакъымрэ Унэм и псэр жьэгумрэ уэнжакъымрэщ. Пэжкъым жыпIэрэ! АтIэ зы тхьэмахуэ къудей мафIэ умыщIи, уи унэр псыIэ зэрыхъум, нэщIыфэ абы къызэрытеуэм, зеиншафи ар зэрыхъум еплъыт. Моуэ дымэжэлIауэ дыкъыщIыхьэжмэ, ди ныбэ из зыщI ерыскъыр къызыпэрахыжри, дыпIыщIауэ дыкъэкIуэжым дызыгъэхуэбэжри е гуныкъуэгъуэ диIэу къэдгъэзэжамэ, ди пIэ дизыгъэувэжыр жьэгужьыращ. МафIэс къэхъурэ унэ псор исами, иувыкIауэ зэхэмыщэщауэ къанэр жьэгумрэ уэнжакъымрэщ. Жьэгужьыр диIэу ди мафIэр ункIыфIынкъым. Сысейр зыгуэркIэ ункIыфIрэ — уи деж сынэкIуэнщ, ууейр ункIыфIмэ, си деж укъэкIуэнщ. МафIэ щыIэу, нэхурэ хуабэрэ дыщыщIэнкъым. И пIэм щитыжым… ЯтIэ зыкIэрыпщIа е сабэ зытрихьа налкъутналмэсым и пщIыпщIыр мэкIуэд. ФIейр абы зэрытебгъэкъэбзыкIыу, ар зэщIэпщIыпщIэжу, зэщIэлыдэжу хуожьэ. Псалъэхэри абы ещхьыркъабзэщ. Зыхуэфащэ и пIэм псалъэхэр иумыгъэувэмэ, сабэ зытрищIа налкъутналмэсу, абы и нурыр мэкIуэд. Ар и пIэм щитым, адрей псалъэхэм егъэкIуауэ ар щагъэувым, сыт хуэдиз къару, сыт хуэдиз лъэщагъ, сыт хуэдэ дахагъ абы иIэ хъурэ! Теунэ Хьэчим. Хъуэхъухэр Налшык къалэмщыпсэу Къуэдзокъуэ Джамболэт Тембот и къуэм и ныбжьыр илъэс 80 зэрырикъур егъэлъапIэри, дохъуэхъу Зи пщIэр лъагэ, лъэпкъыр зэрыгушхуэ нэхъыжьыфI, совет зэманым я дзыхь кърагъэзу Хэкум, хамэ къэрал зыбжанэм къулыкъур щезыхьэкIа, зи гумрэ зи псэмрэ зэIухауэ КъБР-м и къэкIуэнур зей щIэблэр хэкупсэу къэтэджыным хуэзыущий, отставкэм щыIэ полковник Къуэдзокъуэ Джамболэт и ныбжьыр илъэс 80 зэрырикъур Iэтауэ и быным, къыдалъхуахэм, фIыуэ къэзылъагъу и ныбжьэгъухэм хуагъэлъапIэри, и махуэшхуэмкIэ дохъуэхъу. Узыншагъэ быдэ уиIэу, уи жьэгур уардэунэрэ хьэщIэ етIысэхыпIэу, уи бынхэм я насыпым ущыгуфIыкIыу, къуэрылъху-пхъурылъхухэм уи лъэр жан ящIрэ гукъыдэжыр къаIэту куэдрэ упсэуну, фIыгъуэу щыIэмкIэ Тхьэр къыпхуэупсэну ди гуапэщ! «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэхэр, Къэбэрдей Адыгэ Хасэр. Тэмазэ Миланэ Лиуан и пхъум и ныбжьыр илъэс 16 ирокъури, дохъуэхъу ФIыуэ тлъагъу ди пщащэм уи дунейр дахэрэ узыншагъэр уиIэу, уэркIэ дыпагэу гъащIэм гу щыпхуэну ди гуапэщ. Уи уафэр къащхъуэрэ уи щIылъэр щхъуантIэу, Iуащхьэмахуэ мылылъэ уардэм хуэдэу уи нэмысыр лъагэрэ уи псэр къабзэу, гуфIэгъуэмрэ дэрэжэгъуэмрэ уи Iэпэгъуу, уи Iыхьлыхэр уи пщIэмрэ щIыхьымрэ иригушхуэу, гъащIэ дахэрэ насып инкIэ Тхьэр зыхуэупсахэм ящыщ пщащэ ухъуну дыпхуохъуахъуэ! Уи адэ-анэхэу Лиуанрэ Тамарэрэ, уи анэ дэлъхухэу Батыррэ Маратрэ, уи анэшхуэм и шыпхъу Розэ. Псалъэзэблэдз ЕкIуэкIыу: 7. Губгъуэм … Iэнэ щыдухуэри зыдгъэтхъэжащ. Удз тхьэмпэшхуэми апхуэдэу йоджэ. 8. Дзэлыкъуэ щIыналъэм хиубыдэ къуажэ. 10. Жыг … . 12. Жьым щытхъуи щIэр … . 13. Щхьэгъусэм и къуэш. 17. Къэбэрдей усакIуэ … Петр. 18. Зыщышынэн имылъагъумэ, кхъуэр абы докI. 19. Уэрэдыжь зыгъэзащIэм къыдэзыгъэпсынщIэ гуп. 22. Шы къэпщIэнтIам къыщхьэщех. 23. Купсэ кIыхь кунэщI зиIэ къэкIыгъэ. ЦIыхум ешх. 25. Фадэ фIыуэ уефамэ, апхуэдэу уохъу. 28. Къэрэшей-Шэрджэсым щыпсэу, адыгэм ди гъунэгъу лъэпкъ. 30. Къэнжал хьэку цIыкIу. 31. Зэгуамыгъэжу псэущхьэм траха фэ. 33. Жьэгу натIэм хэщIыхьа тегъэувапIэ. 36. КIуэ пэтми бжьиз зымыкIу. 38. Адыгэ сабийхэм папщIэ къыдэкI журнал. 40. IуплъапIэ. 42. Хеймрэ мысэмрэ щызэхагъэкI IуэхущIапIэ. 44. Адыгэр къызытехъукIа пасэрей лъэпкъ. 45. Ныпышхуэ. 48. Я пIэм икIэрэхъухьу, мэлым къахыхьэ узыфэ. ЦIыхури апхуэдэу щыхъу щыIэщ. 49. Муслъымэн лъэпкъышхуэ. 51. Псым и адрей лъэныкъуэр. 52. « … къэзышэхэмрэ» — ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей драмэ театрым куэдрэ щагъэлъэгъуа спектакль, Шортэн Аскэрбий и пьесэм къытращIыкIауэ. 54. Iэпслъэпс. Къехыу: 1. ЩIалэр … куцIрэ фо цIынэкIэ япIащ. 2. Силос гъущэм гущыкI хуэзыщIа колхоз жэмхэр зыщIэхъуэпсу щыта шхыныгъуэ. 3. ЦIыху мывэгъзэгъ, ерыщ. 4. БжэIулъэ. 5. … и щIагъ нанэ щыIэкъым. 6. МахуэцIэ. 9. Пекин щекIуэкIа дунейпсо Олимп зэхьэзэхуэхэм дыщэ медаль къыщызыхьа адыгэ щIалэ. 11. Мыщэм фIэбэлацэ хьэкIэкхъуэкIэ. 14. Вакъэ, пыIэ щащIкIэ къагъэсэбэп. 15. Ажалыр … нэхърэ нэхъ благъэщ. 16. Кавказ Ищхъэрэм щыщ лъэпкъ. Ди республикэми мин бжыгъэкIэ исщ. 20. … къэхъуати, комбайныр нартыху хьэсэм хыхьэфакъым. 21. «Нал …» — КIыщокъуэ Алим и роман. 22. УнэлъащIэ, пхъэ гъуэлъыпIэ хуэдэхэм дищIэ хьэпIацIэ. 23. Ди къуэш щIыналъэм щыщ артист гъуэзэджэу щыта. Абы и цIэр зэрехьэ Черкесск дэт адыгэ драмтеатрым. 24. ЩIалэм Iэпкълъэпкъ … иIэщ. 25. ЩэкI Iув пхъашэ зэIуща. 26. … зезыхьэ и Iэпэ йобзей. 27. Псэхэлъхьэж. 29. Iэщым, шым я фэр изых бадзэжь. 32. ПIастапхъэ. 34. Пхъэщхьэмыщхьэ хъурей цIыкIу, фIыцIэ-къащхъуафэрэ ткIыбжьу. 35. Муслъымэн диным зэрыжиIэмкIэ, зи щIалэгъуэр зэи имыкIыу жэнэтым ис пщащэ. 37. Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, гъавэгъэкIыу щыта … Iэхьед. 39. Зиусхьэн лъэпкъ. 41. Псы къызэрахь пэгунитI зыфIадзэ пхъэ къуаншэ. 43. «… Мурат» — адыгэ уэрэдыжь. 44. Уафэм мазэр щумылъагъуэ жэщ. 46. ЩэкI Iув, цы кIэщI щабэ тету. 47. Къуацэчыцэ. 49. Хывым апхуэдэуи йоджэ. 50. Пщым и пщIантIэм щыIуэхутхьэбзащIэ. 53. Псы фIей ина. 55. Зи щхьэгъусэм къыбгъэдэкIыжа цIыхубз. Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ. Мэлыжьыхьым и 27-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр: ЕкIуэкIыу: 2. Хьэкъ. 5. ПщIащэ. 6. Аргъуей. 10. ХьэкIуэ. 11. Уэд. 12. Гъэужь. 14. Хьэвэ. I5. Щхьэ. 17. Хъушэ. 19. Бзий. 23. Гъатхэ. 25. Хамэгу. 26. Гъуаплъэ. 30. Хьет. 31. БжьыхьэкIапэ. 32. УэфI. 33. Дурэш. 35. Пхъэпс. 37. ХьэжыщI. 39. Пашэ. 41. Пэу. 43. Къурш. 44. ГущыкI. 48. Плъыр. 49. Нал. 50. Арму. 51. Псафэ. 52. Джэдыгу. 53. Кусэ. Къехыу: 1. ПщIакIуэ. 2. ХьэтIутIэ. 3. Къаздэхъу. 4. Къемэт. 7. Тхьэв. 8. Бжьиз. 9. Дыхьэгъ. 13. Фейдэ. 16. Хьэх. 18. Шыгу. 20. Уэ. 21. ХъумпIэцIэдж. 22. Егъу. 24. Тэтэр. 27. Прунж. 28. Ужьэ. 29. Гъупщ. 33. Дапхъэ. 34. Шы. 35. Пшэ. 36. Сыр. 37. Хьэ. 38. ЩIыкIей. 40. Шэпхъ. 42. Уэншэку. 43. Къуэладжэ. 45. Щауэ. 46. Шыпсэ. 47. Ержыб.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27702.txt" }
ХъуэпсапIэ нэхухэр и гъуазэт Балъкъэр Владимир къыдекIуэкIа хьэл-щэн дахэм, хабзэ хьэлэмэтым пщIэ лей хуумыщIынкIэ Iэмал иIэтэкъым. ЗэрызэщIэкъуам, зэрызэпIэзэрытым зымащIэкIэ фIэкIа зымыцIыхухэми гу лъатэрт. Абы и мурадхэр къехъулIэу, и жыIэр яфIэлъапIэу щIыщытар и псэ къабзагъэрт, зэрыгущIэгъулырт. ЗэрысцIыхурэ и щIэныгъэри, и Iущагъри зыхуэгъэзар фIы щIэнырт, щIэблэр гъэсэнырт, егъэджэнырати, а псори хъарзынэу къехъулIэрт. Пэжагъэр япэ изыгъэщ цIыхут, бзэ IэфIт, къызэгъэпэщакIуэ Iэзэт, псэкIи ныбжьэгъукIи къулейт. Лъэхъэнэ гугъум халъхуахэм, зи сабиигъуэр Хэку зауэшхуэм хиубыдахэм, абы и ужь зэман хьэлъэр зи нэгу щIэкIахэм ящыщщ Балъ-къэр Владимир. А илъэсхэм щегъэжьауэ и псэр пытыху и зэфIэкI еблэжакъым, къызыхэкIа лъэпкъым и цIэфI жригъэIэу, къалэн щхьэпэ игъэзащIэу дунейм тетащ, и щхьэм хуэфащэ щытхъуи къилэжьыжащ. Владимир и гъащIэ псор къыщалъхуа, къыщыхъуа Терекскэ (Болэтей) къуажэм епхауэ къекIуэкIащ. Фронтым яша и адэ Жаншыр къыхуиухатэкъым и унагъуэр илъагъужыну, и бынхэр ипIыжыну — 1943 гъэм лIыгъэм и щапхъэ къигъэлъагъуэу зэуапIэ губгъуэм и псэр щитащ. И анэ Шарифэ и кIэ къуагъым Владимир зэи къуэсакъым. Къэжэпхъыу зэрыхуежьэу, Iэпы- дзлъэпыдзу иригъажьэри, хуэм-хуэмурэ унагъуэм и щIэгъэкъуэн нэс хъуащ. Я анэм и IэфI псори абырэ и шыпхъу Мерэрэ яритырт, хабзэм, нэмысым хуигъасэрт, цIыхугъэм, гущIэгъум, зэхущытыкIэ дахэм щIипIыкIырт. Владимир щIэх-щIэхыурэ игу къигъэкIыжырт зауэ нэужь лъэхъэнэ гугъум сабий мэжэщIалIэхэм гулъытэ яхуэзыщI нэхъыжьхэр куэду зэрыщыIар икIи абыхэм ядилъэгъуауэ щыта жумартыгъэмрэ гущIэгъулыгъэмрэ псэуху зыщигъэгъупщакъым. 1957 гъэм къуажэ курыт школыр къэзыуха щIалэр дзэм ираджэри, илъэсищкIэ къулыкъу щищIащ, къигъэзэжа нэужь, пIалъэ кIэщIкIэ электромонтёру лэжьащ. 1962 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым тхыдэмкIэ и къудамэм щIэтIысхьащ. ЩIалэ жыджэрт, ерыщт, щIэныгъэм и насып зэрыхэлъым и нэщэнэу, еджэным хуэнэхъуеиншэти, жэщыбг хъуху тхылъым пэрысыфынут. Университетым зэрыщIэсу, Терекскэ къуажэ курыт школым ягъэкIуэжри, 1965 гъэм егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэм пэрохьэ. Мис абдежым щегъэжьауэ Балъкъэр Владимир и гъащIэри и гуащIэри зэрыщыту зыхуигъэпсар къызыхуалъхуа егъэджакIуэ IэщIагъэм и пщIэм хэгъэхъуэнырщ, ныбжьыщIэхэм цIыху нэс, акъылыфIэ къищIыкIынырщ. «И гур итхьэщIыкIауэ цIыкIухэм яхэтщ, сабиипсэм и хъумакIуэщ», — хужаIэрт. ИпэжыпIэкIи апхуэдэущ ди гум къызэринэжар. Абы къаруушхуэ ирихьэлIащ ди лъэпкъым къыдекIуэкI хабзэ дахэхэр щапхъэ хьэлэмэтхэмкIэ щIэблэм ябгъэдэлъхьэным, а лъапIэныгъэхэр я лъабжьэу я гупсысэмрэ я къэухьымрэ зегъэужьыным. Езыр егъэджакIуэ-къэхутакIуэт, къызэгъэпэщакIуэ Iэзэт, дерс зэIухахэм, пшыхь гъэщIэгъуэнхэм, зэIущIэ щхьэпэхэм я зэхэублакIуэт. Класс щIыб, школ щIыб лэжьыгъэхэр щиунэтIами, илъэс 25-м нэскIэ еджапIэм и унафэщIу щыщытами, жылагъуэ Iуэхухэм къапикIуэтакъым. Дригушхуэу Iэджэм хунэсырт, марксизмэмрэ ленинизмэмкIэ университетыр къиухауэ Тэрч районым и лектор нэхъыфIхэм ящыщти, зэхуэс псоми ирагъэблагъэрт, езыри гунэсу, гугъэзагъэу яхэпсэлъыхьырт. Тхьэр куэдкIэ зыхуэупса а цIыху щыпкъэм и акъыл жаныр, гупсысэ къабзэхэр, и щIэныгъэ куур зыхуигъэлэжьар фIы щIэнымрэ дахагъэмрэщ. «Болэтей къуажэм и тхыдэр» тхылъыр щигъэхьэзырым къэлъыхъуэныгъэ лэжьыгъэшхуэ иригъэкIуэкIащ, жылэм и блэкIам, Хэку зауэшхуэм хэтахэм, цIыху гуащIафIэхэм ятеухуауэ тхыгъэ гъэщIэгъуэн куэдыкIей зэхуихьэсащ икIи къытригъэдзащ. Ахэри, нэгъуэщI Iэджи зи фэеплъу къытхуэна Балъкъэрыр хуабжьу игъэпIейтейрт упщIи уси хэмылъу ди къэралышхуэр зэрызэтрагъэщэхам. Абы къыдэунэху мыхъумыщIагъэхэм и гур дыхэщIырт. Мо цIыху набдзэгубдзаплъэм къыгурыIуат кърахьэжьа Iуэху зехьэкIэ зэIумыбзхэм гугъуехь инхэр къызэры- дэкIуэнур. «ДызыхэпсэукIа лъэхъэнэм фIыуэ хэлъар, гуапагъэу хэтлъэгъуар пщыгъупщэн хуейкъым. Я щхьэ Iуэхур дагъэкIын щхьэкIэ, щыIари щымыIари, ери фIыри зэхатхъуэурэ ди нэхъыжьхэм я блэкIам хущIэбжэхэр, ар егъэлеяуэ зыубхэр куэду къызэрыунэхур икъукIэ си жагъуэ мэхъу. Апхуэдэхэм кърадзэркъым цIыху къызэрыгуэкIым пщIэ хуащIу, зэхуэгъэдэныгъэр ягъэнэхъапэу, егъэджэныгъэр, гъэсэныгъэр, зэныбжьэгъугъэр ягъэнэхъыщхьэу зэрыщытар. Сыт хуэдэ гупсысэ мышыухэр къытхапщэну хущIэкъуми, мамыр гъащIэм, зэIузэпэщ псэукIэм я къигъэхъуапIэ а лъапIэныгъэхэр дяпэкIи дыхуэсакъыу тхъумэну, дгъэбыдэну ди къалэнщ», — жиIэгъат абы щыгъуэ Балъкъэрым. А псалъэ Iущхэм я мыхьэнэр Владимир зыцIыхуу, и ныбжьэгъуу, дэлажьэу щыта псоми ноби тфIэлъапIэщ. ЗэрыжысIащи, Балъкъэрым ныбжьэгъу и куэдт. ЗэхуэзэхукIи Владимир IэфIу ягу къагъэкIыж, дахагъэу, пщIэ-нэмысу далъагъуу щытар иригушхуэу зэхуаIуэтэж. КIэнцIэлий Щыхьымрэ абырэ япэ классым зэдэкIуащ, школыр къызэдаухащ, IэщIагъэ зырыз яIами, зэкIэрымыкIыу, я гъури я цIыни зэрыщIэу къызэдэгъуэгурыкIуащ. Къытхэмытыж ди ныбжьэгъум хуэгъэза абы и псалъэхэмрэ адрейхэм къаIуэтэжхэмрэ сыщыщIэдэIукIэ, лъэужь дахэ, угъурлы Балъкъэр Владимир мы гъащIэм зэрыщыпхишар нэхъри хьэкъыу спхокI икIи ар и щIэблэм гъуазэ зэрахуэхъунум шэч къытесхьэркъым. ИпэжыпIэкIэ срогушхуэ апхуэдэ нэхъыжьыфIым сызэрыдэлэжьам, зы IэнатIэ зэдетхьэкIыну къызэрысхуихуам. И гуащIэ хьэлэлым къыпэкIуэу абы къыхуагъэфэщащ «ЦIыхубэ егъэджэныгъэм и отличник» дамыгъэр, «Лэжьыгъэм и ветеран» медалыр, РСФСР-м, КъБАССР-м УФ-мрэ КъБР-мрэ щIэныгъэ IуэхухэмкIэ я министерствэхэм я щIыхь тхылъхэр. ФIыщIэ тхыгъэрэ тыгъэ лъапIэу къратар куэд дыдэ мэхъу. ЦIыхугъэ лъагэм и щапхъэ зыдэтлъэгъуа Владимир унагъуэ дахэм и тхьэмадэт. И щхьэгъусэ Мариерэ абырэ бынищ — зы щIалэрэ хъыджэбзитIрэ зэдапIащ, гъуэгу захуэ трагъэхьащ. Я къуэ Аслъэн зоотехникщ, япхъухэу ФатIимэрэ Светланэрэ егъэджакIуэщ, псори щхьэхуэ хъужауэ зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу я Iуэху Iыхьэ ирахьэкI. Псэужамэ, накъыгъэм и 18-м илъэс 75-рэ ирикъуну щыта Балъкъэр Владимир цIыху Iэсэу, гуапэу, хъуэпсапIэ нэхухэр и гъуазэу дунейм тетащи, а псори и унагъуэмрэ и щIэблэмрэ ялъысыну ди гуапэщ. Сэмар Мышэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27709.txt" }
Гъуазджэм къыхуигъэщIа адыгэ хъыджэбз Иджыблагъэ ди деж щагъэлъэгъуа «Лъагъуныгъэм и хьэтыркIэ» фильмым и сценарийр зытха икIи абы роль нэхъыщхьэр щызыгъэзэщIа уэрэджыIакIуэ, усакIуэ, композитор Жэман Аминэ упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащ. Жэман Аминэрэ Дзани Шпендрэ. — Аминэ, уэ Налшык укъыщалъхуащ, ауэ Москва ущопсэу. Абы уIэпхъуа зэрыхъуам и гугъу къытхуэщIыт. — 1997 гъэм зэрыунагъуэу Москва дыIэпхъуащ. Абы и щхьэусыгъуэр ГИТИС-м сыщеджэну сызэрыцIыкIурэ сызэрыщIэхъуэпсар арауэ си адэ Ахьмэд жиIэми, езыр щылэжьэну абы зэрагъэкIуарщ нэхъ пэжыр. Нобэр къыздэсым ди Iуэхухэм унагъуэм щIэсхэр дызэбгри-дзащ. Си адэр Пятигорск зэман гуэркIэ щыпсэуащ. Си дэлъху Алим дипломатти, илъэсищрэ ныкъуэкIэ Непалым щыIащ. Си анэ Маринэрэ сэрэ Америкэм илъэсым щIигъуауэ дыщыIэщ. Сыкъыщалъхуа къалэм илъэс 16 и пэкIэ пэIэщIэ сыхъуами, Москва зэи гупсэхугъуэ щызгъуэтакъым. Дэнэ щIыпIэ сыщыпсэуну къысхуимыхуэми, зыпэсщI щымыIэ, гукIи псэкIи фIыуэ слъагъу Налшык зэи сщыгъупщэркъым. Си проектхэр ди республикэм щыпхызгъэкIыну Iэмал щымыIэми, сэркIэ куэд и уасэщ ахэр мыбы щызгъэлъагъуэурэ си ехъулIэныгъэхэмкIэ си лъэпкъэгъухэм садэгуэшэныр. Ди республикэм исхэр цIыхуфIщ, гуапэщ, хуэныкъуэм дэIэпыкъуэгъу хуэхъуну дэтхэнэри хьэзырщ. — Зыхуеджэну IэщIагъэр къыщыхахкIэ, языныкъуэхэр я адэ-анэхэм я лъагъуэм ирокIуэж, адрейхэм щапхъэ трах зэфIэкIрэ ехъулIэныгъэрэ зыIэрызыгъэхьа нэгъуэщI зыгуэрхэм. Гъуазджэр IэщIагъэу къыщыхэпхым хэт гъуэгугъэлъагъуэ пхуэхъуар? — Си адэ-анэр экономикэ щIэныгъэхэм я кандидатщ. Си Iыхьлы-благъэхэми яхэткъым гъуазджэр зи IэщIагъэ, абы пэгъунэгъу. СызэрыцIыкIурэ утыку ситыну сфIэфI дыдэщ, сабий садым сызэрыкIуэрэ уэрэд жыIэнымрэ къафэмрэ сыдахьэх. Курыт школым сыщыщIэсым сурэт щIыным, лъэпкъ къафэм, балетым зыхуэзгъэсащ. Си дэлъхумрэ сэрэ ди анэм гуп-жьей зэхуэмыдэхэм дишэурэ зыдигъэужьащ. ЕджапIэр къыщызухам гъуазджэм сызэрыхуеджэнум шэч лъэпкъ къытесхьэртэкъым. Апхуэдэу щытми, абыкIэ зыри акъылэгъу къыздэхъуакъым, ауэ ар сэркIэ IэщIагъэ къудейм къыщымынэу, сыкъызыхуигъэщIа Iуэхуу зэрыщытыр сщIэрти, зыми и жыIэ зэхэсхакъым. Пэжщ, ар лэжьыгъэ гугъущ, жэщ-махуэ уимыIэу уи щIэныгъэм хэбгъэхъуэн хуейщ, ауэ уи IэщIагъэр фIыуэ плъагъумэ, абы гупсэхугъуэ къует. Москва дэт Музыкэ школым уэрэд жыIэнымрэ фортепианэмкIэ я классхэр, ГИТИС-м и актер факультетым драмтеатрымрэ киномкIэ и къудамэр къэзухащ. ГИТИС-м и аспирантурэм си щIэныгъэм щыхэзгъэхъуащ. Америкэ драматургием теухуа си кандидат диссертацэр мы гъэм пхызгъэкIыну си мурадщ. Кинор щытрыхым. — Тхьэм къуигъэхъулIэ, Аминэ. ЗэрытщIэмкIэ, «Лъагъуныгъэм и хьэтыркIэ» уи япэ фильмыр дунейпсо кинофестивалым хэвгъэхьэну фи мурадщ. — Пэжщ. Фильмыр Нью-Йорк, Москва, Налшык утыку щитхьащ. Къыхэгъэщыпхъэщ ар куэдым ягу зэрырихьари. А зэпеуэм ди фильмыр нэхъыфIу къыщалъытэмэ, къэрал зэхуэмыдэхэм ящэхунущ. Фестивалым и пэ къихуэу, мы фильмыр утыку къызэритхьам и фIыгъэкIэ, апхуэдэуи дуней псом къыщыдэкI газетхэм, журналхэм ящыщу 200-м абы теухуа тхыгъэхэр къызэрытрадзам къыхэкIыу, цIыху мелуани 4-м щIигъум шэрджэсхэр къацIыхуащ. КъищынэмыщIауэ, Албанием, Италием, Мексикэм, Алы-джым, Африкэм, Америкэм, Урысей Федерацэм, нэгъуэщI щIыпIэхэм щыщ, лъэпкъ щхьэхуэхэм къахэкIа, дин зэхуэмыдэхэм ит артистхэр фильмым хэтащи, щхьэж я щIыналъэ телевиденэм гулъытэ къыщыхуащI лэжьыгъэм. Сэ, къапщтэмэ, ди телевиденэхэм сыщрагъэблэгъам си псалъэр нэхъ зытезухуауэ щытар албанхэр къазэрезгъэцIыхунырт. Езыхэри журналистхэм щадэлажьэкIэ, нэхъ гулъытэ зыхуащIыр шэрджэсхэм ди щэнхабзэ, хабзэ, щыIэкIэ-псэукIэрщ. Фильмым хэтахэмрэ абы елэжьахэмрэ дыхущIокъу ар зэрыпхыдгъэкIыным, къэрал нэхъыбэм зэрынэтхьэсыным. Проектыр фIыуэ къэзмылъытэмэ, мыхьэнэ имыIэмэ, си щхьэкIэ сыхыхьэнукъым. Сэ сызыхущIэкъуар си цIэр жыжьэ щызгъэIуныркъым, атIэ си лъэпкъым пщIэ зэрыхуэфащэр къэзгъэлъэгъуэнырщ, абы и щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэр дунейпсо утыку исхьэнырщ. — Гуапэщ адыгэ хъыджэбзыр актрисэу икIи уэрэджыIакIуэу зэуэ щIыналъэ куэдым укъызэрыщацIыхуар. Апхуэдэ лэжьыгъэшхуэ зэпхьэлIа фильмыр дунейм къытехьауэ плъагъуныр гуфIэгъуэ инщ. Сыт нэхъ гугъу узыдехьар? — Си уэрэдхэр инджылызыбзэщ зэрыстхыр. Псалъэхэм я гъусэу макъамэри къысхуокIуэ. Мы фильмым си уэрэд зыбжанэ хэзгъэхьащ. Журналистхэм тхыгъэхэр, теленэтынхэр щагъэхьэзыркIэ, сызыдэлэжьа артистхэм къоупщI: «Хэт Жэман Аминэр? Мыр сценарист хьэмэрэ роль нэхъыщхьэр игъэзащIэрэ? Ар албан хьэмэрэ инджылыз?» Фильмым и сценарийр зэрыстхар икIи абы роль нэхъыщхьэр зэрыщызгъэзащIэр, абы къыдэкIуэуи сызэрыуэрэджыIакIуэр журналистхэм къыщащIэкIэ ягъэщIагъуэ. Урысей Федерацэм сызэрыщыщым щхьэкIэ сыурысу къафIэщIырт куэдым. Абыхэм япэу зэхахыу аращ адыгэ лъэпкъ зэрыщыIэр. Дуней псом щыпсэухэм ящыщу кином дихьэххэм адыгэ лъэпкъым теухуауэ куэд къащIащ. Фильмым дыщелэжьым гугъуехь куэди дрихьэлIащ. Ауэ, сэ Iуэхум иужь сыщихьэкIэ, гъуэгуанэ тынш, кIэщI зэи къыхэсхыркъым. Актерхэр зы щIыналъэм щыщу къэсщтамэ, фильмыр куэдкIэ нэхъ тыншу икIи нэхъ псынщIэу зэфIэкIынут. Ауэ, дуней псом и актер нэхъыфIхэр къыхэсхмэ, ехъулIэныгъэ нэхъ къызэрытхуэхьынум сытригъэгушхуащ. Муслъымэн хъыджэбзыр мыщIэпхъаджащIэу, щIэныгъэ, зэфIэкI иIэу сценарийм къызэрыхэщыр режиссер зыбжанэм ягу ирихьакъым. Фильмыр трахыну арэзы щIэмыхъуами аращ и щхьэусыгъуэр. Адыгэхэр, муслъымэнхэр фIы и лъэныкъуэкIэ къыщыгъэлъэгъуауэ япэу Нью-Йорк щытраха фильмщ мыр. — Фильмым елэжьахэмрэ абы хэта артистхэмрэ я гугъу къытхуэщIыт. — Фильмым и режиссер Курти Пол Канадэм и Торонтэ къалэм щыщщ. НэхъапэIуэкIэ абы фильм зыбжанэ трихыну хунэсащ. Электрон пощтымкIэ къэзгъуэтри дызэрыцIыхуащ, иужькIэ дызэдэлэжьэну дызэгурыIуащ. Продюсерыр си анэ Бэлэтокъуэ Маринэщ. ГИТИС-м дыщыщIэсым режиссер, артист лэжьыгъэм дызэрыхагъэгъуэзар мыбдеж къыщысхуэсэбэпащ. ЖыпIэнуракъэ, дэтхэнэ артистри хэплъыхьауэ къыхэтхащ. ЛIыхъужь нэхъыщхьэу абы хэт Тони и ролыр зыхуэдгъэфэща Дзани Шпенд Албанием и актер нэхъ цIэрыIуэ дыдэхэм ящыщщ. Абы и анэу фильмым хэт Мани Павлини Албанием щыщщ. ЕхъулIэныгъэфIхэр кином къыщызыхьа а актрисэр 1997 гъэ лъандэрэ мыджэгуауэ арэзы хъури, ди фильмым къыхыхьащ. Ар куэдым ягъэщIэгъуащ. Къэбгъэлъагъуэмэ, Павлинэ абы зэрыхэтырщ мы фильмым журналист куэд щIыщIэупщIэр. Тони и къуэшым, и ныбжьэгъум, и малъхъэм я ролхэр ягъэзэщIащ зэфIэкI зиIэ артист щIалэхэу Беджети Луан, Миртай Ариот, Радо Прак сымэ. Москварэ Налшыкрэ фильмыр щыщыдгъэлъагъуэм Беджети Луан и гъусэу Миртай Ариоти къэкIуэну и мурадат, арщхьэкIэ Косовэ къызэрыщалъхуам къыхэкIыу, Урысейм визэ иритакъым. Си ныбжьэгъу Ксениеу джэгуар ГИТИС-м къыщыздеджа Ивановэ Каринэщ. Фильмыр зылъэгъуахэм къыхагъэщащ артистхэм я ролхэр фIыуэ къазэрехъулIар. Нэхъыщхьэращи, мы артистыр хэмытамэ нэхъыфI хъунут зыхужыпIэн къахэкIакъым. — Мы лэжьыгъэм, дауи, уи Iэзагъэм, уи щIэныгъэм зэрыхигъэхъуам шэч къытетхьэркъым. Лэжьыгъэм иужь ущихьэм зыхуэбгъэувыжа мурадхэр къохъулIа? — Зэ кIуэгъуэкIэ зи дахагъэм уихьэху Нью-Йорк фильм щытесхыну куэд щIауэ сыщIэхъуэпсырт. Ауэ, си япэ лэжьыгъэр а къалэм къыщызэхъулIэну си пщIыхьэпIи къыхэхуэртэкъым. АбыкIэ фIыщIэ яхуэфащэщ банк зыгъэлажьэхэу Ажахъуэ Къанщобийрэ Дуев Сергейрэ. Иджы быдэу си фIэщ мэхъу узэлэжьым цIыхухэм я сэбэп екIынумэ, ар IуэхуфIмэ, къыбдэзыIыгъын цIыху къызэрыкъуэкIынур. Гугъуехьхэм аращ сащIыпэлъэщыфар. Мы фильмым фIыуэ зызигъэужьащ. Иджы сыт хуэдэ жанрми зысхуепщытынущ. «Лъагъуныгъэм и хьэтыркIэ» фильмым еплъхэр къыхузоджэ я хъуэпсапIэхэм зэрылъэIэсыным ерыщу хущIэкъуну, я Хэкум, я къэралым зыгуэр къащемыхъулIэмэ къимыкIуэту хамэ щIыпIэхэм я зэфIэкI щеплъыжыну. Къэбгъэлъагъуэмэ, Кавказым исхэр, муслъымэнхэр хамэ къэралхэм нэхъыбэу дыкъызэрыщацIыхур мыхъумыщIэущ, хъыбар нэпцIхэмкIэ газетхэмрэ журналхэмрэ ди цIэ зэрагъэIум къыхэкIкIэ. Апхуэдэу щыхъукIэ, къэнэжыр Кавказым ис лъэпкъхэр дызэкъуэувэу дызэрымыщIэпхъаджащIэм, щIэныгъэм, лэжьыгъэм, зыужьыныгъэм дызэрыхущIэкъум теухуа проектхэр нэгъуэщI щIыпIэхэм щыпхыдгъэкIынырщ. Лъэпкъ цIыкIухэр дэр-дэру дызэрымыIыгъмэ, нэгъуэщI къытщхьэщыжынукъым. КъищынэмыщIауэ, мы фильмым дыщелэжьым артист куэд цIыхугъэ, ныбжьэгъу къысхуэхъуащ. Абы и презентацэми куэд къыщысцIыхуащ. Псалъэм папщIэ, лэжьыгъэр Нью-Йорк утыку щитхьам адыгэ тхакIуэ, литературовед, тхыдэдж цIэрыIуэ, Нью-Джерси и Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и тхьэмадэу илъэс куэдкIэ лэжьа Натхъуэ Къэдир кърихьэлIащ. Абы фильмым хуитха рецензэм къыхощ гъащIэм и пэжыр къызэрыщызгъэлъэгъуар, адыгэ хъыджэбзхэр щIалэхэм япэ ищ зэрыхъуар, щIэныгъэ, зэфIэкI зэраIэр. Си уэрэдхэри, фильмхэм я сценарийхэри залымыгъэм и бийщ, ахэр зытеухуар лъэпкъ псори дызэгурыIуэу, мамыру дыпсэунырщ, зымащIэкIэ нэхъ мыхъуми, ди гъащIэр зэрытхуегъэфIэкIуэнурщ. — Иджы сыт хуэдэ лэжьыгъэ дызэрыбгъэгуфIэнур? — Иджыпсту сызэлэжь фильмым тхыдэр и лъабжьэщ. Абы и сценарийр згъэхьэзыракIэщ. Мексикэм щыщ хъыджэбзым и ролыр згъэзэщIэнущ. Сценарийм тету, фильмым испаныбзэкIэ уэрэдхэр щыжысIэнущ. КъищынэмыщIауэ, нэгъуэщI фильмым и сценарий сотх. ЖанркIэ ар комедиещ. Куэд пхужыIэнущ гушыIэкIэ. Иджыпсту цIыхухэм гушыIэ яхэлъыжкъым, Кавказым исхэми ар зэраIэщIэхум уимыгъэгузавэу къанэркъым. — Уи япэ фильмыр махуэ пхуэхъуну, апхуэдэ куэд къыкIэлъыкIуэну ди гуапэщ, Аминэ. Ди упщIэхэм жэуап къызэрептам папщIи фIыщIэ пхудощI. Епсэлъар ТЕКIУЖЬ Заретэщ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27712.txt" }
Махуэшхуэм зыдащIу Сабий творчествэмкIэ республикэ унэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 28-рэ зэрырикъур ягъэлъэпIащ. Сабий творчествэмкIэ республикэ унэм и спортсмен ныбжьыщIэхэр. Сабий творчествэмкIэ унэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 28-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ екIуэкIа зэхыхьэм кърихьэлIахэр а IуэхущIапIэм и къэфакIуэхэм я лъэгу щIагъэплъ. Зэхыхьэм ирагъэблэгъащ Сабийм и хуитыныгъэхэмкIэ уполномоченнэу КъБР-м и Iэтащхьэм и деж щыIэ Iуэгъуз Светланэ, КъБР-м и Парламентым ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ и комитетым и унафэщI Хьэщхъуэжь Татьянэ, КъБР-м и ХэхакIуэ комиссэм и секретарь Атмурзаевэ Иринэ, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм хэт Джэш ФатIимэ, КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ Геккиев СулътIан, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и комиссэм и консультант Кульбаев Хьэким, «Лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэ» Урысей университетым и къудамэм и унафэщI Малько Надеждэ сымэ. Ныпхэмрэ шар зэмы- фэгъухэмкIэ екIуу гъэщIэрэщIа IуэхущIапIэм и пщIантIэм, махуэшхуэм зыдащIу, нэфIэгуфIэу щызэхуэсат Сабий творчествэмкIэ республикэ унэм и гъэсэнхэр. ЩIэблэр чэзууэ утыкум ирагъэблэгъащ икIи куэд мыщIэу ныбжьыщIэ 5000-м нэблагъэм пщIантIэр «яуфэбгъуащ». Абыхэм яхэтт зи школ кIуэгъуэ мыхъуа нэхъ цIыкIу дыдэхэри ныбжьыщIэхэри. IуэхущIапIэм и унафэщI, КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, УФ-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ Къалмыкъ Кларэ ныбжьыщIэхэмрэ зэхыхьэм кърихьэлIа хьэщIэхэмрэ гуапэу ехъуэхъуащ. Абы жиIащ щIэблэм щIэныгъэ куу, гъэсэныгъэ дахэ ямыIэу республикэм зэрызыпхуемыгъэужьынур фIыуэ къызыгурыIуэ я лэжьакIуэхэр а Iуэхум егугъуу зэрыпэрытыр. Унэм и къэфакIуэхэмрэ уэрэджыIакIуэхэмрэ концерт гукъинэж ятащ, хьэщIэхэм я гукъыдэжыр яIэту. ТЕКIУЖЬ Заретэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27717.txt" }
КъБР-м и ТВ-ирэ радиомрэ 1 КъБР «Мир» канал Блыщхьэ, накъыгъэм и 20 7.00 Мультфильм (6+) 7.10 Адыгэхэм я фэеплъ махуэм ирихьэлIэу. «ХъуэпсапIэм и гъуэгукIэ». Ватерлоо университетым (Канадэ) и профессор, геохимие щIэныгъэхэм я доктор СтIащ Орфан (адыгэбзэкIэ) (12+) 7.40 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» 8.10 «Ретроспектива». «Перегон». Телевизионнэ фильм 8.20 «Хасаука». Уэрэдым и тхыдэ. Япэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 8.50 «Iущыгъэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (6+) 9.10 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 18.00 «Шэрджэсхэм я тхыдэмрэ я хабзэмрэ» (12) 19.30 Адыгэхэм я фэеплъ махуэм ирихьэлIэу. «Залымыгъэм и лъэужь». Литературэ-макъамэ композицэ (12+) 19.45 Адыгэхэм я фэеплъ махуэм ирихьэлIэу. «Хуитыныгъэм щхьэкIэ ирахуахэр» (12+) 20.20 «КъэкIуэнур нобэм пыщIащ». СурэтыщI ГъукIэпщокъуэ Щауэмир (12+) 20.55 «Адыгэ хэку». ГъукIэпщокъуэ Щауэмир и фильмыр (12+) 21.40 ХъыбарыщIэхэр Гъубж, накъыгъэм и 21 Адыгэхэм я фэеплъ махуэщ 7.00 «Хэкум пэжыжьэу». Телевизионнэ фильм (12+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 7.55 Сенкевич Юрий. «ЗыплъыхьакIуэ къэзыкIухьхэм я клуб». «Адыгагъэм и щэхухэр» (12+) 8.15 «Хасаука». Уэрэдым и тхыдэ. ЕтIуанэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 8.45 «Лъэхъэнэ зэпэджэж» (адыгэбзэкIэ) (12+) 9.15 «Гъыбзэ хуэфащэт». Адыгэ уэрэдым и пшыхь (адыгэбзэкIэ) (12+) 18.00 «Тайм-аут». Спорт тележурнал (12+) 18.20 «Хэкужьым дызэхуишащ» (адыгэбзэкIэ) (12+) 19.30 «НэпскIэ гъэнщIа гъуэгу» (адыгэбзэкIэ) (12+) 19.55 «Сурэтхэм къаIуатэ» (12+) 20.05 «Джэрпэджэж». Тележурнал (16+) 20.40 «Нэхъ лъапIэ дыдэр» (12+) 21.10 «КъэкIуэнур нобэм пыщIащ». Тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор Дзэмыхь Къасболэт (12+) 21.40 ХъыбарыщIэхэр Бэрэжьей, накъыгъэм и 22 7.00 Мультфильм 7.15 «Псэм и лъахэ». Къэбэрдей-Балъкъэр музыкэ театрым и уэрэджыIакIуэ ХьэхъупащIэ Iэмырхъан (адыгэбзэкIэ) (12+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 7.55 «Перспектива-2013». ЩIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм я дунейпсо конференц (16+) 8.20 «НэхъыфI псори — сабийхэм» (12+) 8.40 «Зэманымрэ цIыхумрэ». Гамаевхэ я унагъуэр (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 9.10 Адыгэ Республикэм и «Ислъэмей» къэфакIуэ гупым и концерт. ПэщIэдзэр (12+) 18.00 «Тэрч къэзакъхэр» къэфакIуэ гупым и концерт. Япэ Iыхьэ (12+) 18.45 «Мамырыгъэрэ гуфIэгъуэрэ фиIэну!» Телефильм 19.30 «Узыншагъэ» (адыгэбзэкIэ) (16+) 20.00 «Уэрэдыр зи Iэпэгъу». КъБР-м щIыхь зиIэ и артист ШэджыхьэщIэ Аслъэнбий (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.30 «Бэрэжьей пщыхьэщхьэм Баразбиев Исмэхьил дригъусэу» (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 21.00 «КъегъэлакIуэм и тхыгъэхэр». УФ-м щIыхь зиIэ и къегъэлакIуэ Клестов Виталий (16+) 21.30 «Зи чэзу псалъэмакъ» 21.40 ХъыбарыщIэхэр Махуэку, накъыгъэм и 23 7.00 Мультфильм 7.15 «Зыри тщыгъупщакъым» (адыгэбзэкIэ) (12+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 7.55 «Гъунапкъэхэр». Тележурнал (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 8.25 «ТекIуэныгъэм и махуэ». УФ-м щIыхь зиIэ и артист Царикати Феликс и концерт (12+) 8.40 Хэку зауэшхуэм и ветеран Къатинэ МуIэзин теухуауэ (12+) 9.10 Адыгэ Республикэм и «Ислъэмей» къэфакIуэ гупым и концерт. КIэухыр (12+) 18.00 «Тэрч къэзакъхэр» къэфакIуэ гупым и концерт. ЕтIуанэ Iыхьэ (12+) 18.40 «Зауэм и лъэужьыр дигу къинащ» (12+) 19.30 «Псом япэр». Адыгэбзэ езыгъэджхэм я зэгухьэныгъэ. Япэ Iыхьэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.05 «ЛIыхъужьхэр зэи тщыгъупщэнукъым». Абхъаз Республикэм къикIахэр КъБР-м зэрыщыIар (16+) 20.50 «И дуней». Мокаевэ Зулейхьэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 21.10 «Ууаз» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 21.40 ХъыбарыщIэхэр Мэрем, накъыгъэм и 24 7.00 Мультфильм(6+) 7.20 «ГъащIэр зыщ». УФ-м и цIыхубэ артист Кучуков Магомед теухуа документальнэ фильм (16+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 7.55 «Хэт къызэроджэр…». Еигъэ цIэпапщIэхэр адыгэ лингвистикэм къызэрыхэщыр (адыгэбзэкIэ) (12+) 8.25 «Дунейм и набдзэ». ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ къэбэрдей къэрал драмэ театрым и актрисэ КIэхумахуэ ФатIимэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 9.00 «Чемпионхэр». СССР-м щIыхь зиIэ и гъэсакIуэ ЗекIуэрей Николай 9.25 «Анэ». Гуртуевэ Устэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 18.00 Мультфильм 18.05 «Перспектива». Бахъсэн нейтриннэ обсерваторэр (16+) 19.30 «Псом япэр». Адыгэбзэ езыгъэджхэм я зэгухьэныгъэ. ЕтIуанэ Iыхьэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 19.55 «Тхьэм и унэм ухуэзышэ гъуэгуанэ» (12+) 20.15 «Ди щIэин». КъБР-м и цIыхубэ артист Отаров Омар и фэеплъу (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 20.55 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 21.40 ХъыбарыщIэхэр Щэбэт, накъыгъэм и 25 7.00 Мультфильм (6+) 7.10 «Унагъуэ». Псыгуэнсу къуажэм щыпсэу Гуэбэшыхэ я унагъуэм теухуауэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 7.55 «ЦIыху». Тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор Шаманов Ибрэхьим (балъкъэрыбзэкIэ) 8.20 «IэпщIэлъапщIэм и дерс». Урысейм и цIыхубэ мастер Бачиев Хьэмзэт (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 8.40 «Мыхъур». Тележурнал (16+) 9.10 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 16.40 Мультфильм 16.50 «Чемпионхэр». СССР-м боксымкIэ спортым и мастер Алиев Сулеймэн (12+) 17.15 «Псалъэр Налшыкщ» (адыгэбзэкIэ) (12+) 17.45 «Зи мурадхэм хунэмыса». УсакIуэ Къармэ Iэуес (адыгэбзэкIэ) (12+) 18.00 «Республикэм щыхъыбархэр». ХъыбарыщIэхэр (адыгэбзэкIэ) 18.15 «Iущыгъэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (6+) 18.35 «Гъунапкъэхэр». Тележурнал (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 19.05 «Ыйыкъ». ХъыбарыщIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ) 9.20 «Зэманым екIуу» программэр (16+) 19.50 «Нэхумрэ плъыфэмрэ». ЩIэныгъэлI Къумахуэ Мухьэдин. Япэ нэтын (16+) 20.25 «49-нэ каналым и пощт» (12+) Тхьэмахуэ, накъыгъэм и 26 7.00 Мультфильм (6+) 7.15 «Джэрпэджэж». Тележурнал (адыгэбзэкIэ) (16+) 7.50 «Республикэм щыхъыбархэр». ХъыбарыщIэхэр (адыгэбзэкIэ) 8.05 «Лермонтовыр Кавказым зэрыщыIар». Литературэ-макъамэ композицэ (12+) 8.35 Балъкъэр лъэпкъ шхыныгъуэхэр (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 8.55 «Ыйыкъ». ХъыбарыщIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ) 9.10 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 18.00 Мультфильм 18.25 «Дыщэ пхъуантэ». Сабийхэм папщIэ нэгузегъэужь программэ (адыгэбзэкIэ) (6+) 18.50 «Уэрэдыр фэеплъ мыкIуэдыжщ». УсакIуэ-уэрэдус Уэдыжь Хъусен (адыгэбзэкIэ) (12+) 19.30 «Жашауум, жырым да сизге!..». КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ Зумакуловэ Танзиля Тырныауз къалэм дэсхэм зэраIущIар (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 20.00 «Нэхумрэ плъыфэмрэ». ЩIэныгъэлI Къумахуэ Мухьэдин. ЕтIуанэ нэтын (16+) 20.40 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 21.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» КъБР-м и ТВ Блыщхьэ, накъыгъэм и 20 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ) 14.30, 17.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 20.40 «УпщIэ нагъыщэ». Къэзанш Людмилэ иригъэкIуэкI нэтын 21.15 «Хамэ сабий щыIэкъым» программэр Гъубж, накъыгъэм и 21 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр 9.00 «УпщIэ нагъыщэ». Къэзанш Людмилэ иригъэкIуэкI нэтын 9.30 «Узыншагъэмрэ дахагъэмрэ» программэр 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ) 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэ-рыбзэкIэ) 14.30, 17.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 20.40 Адыгэхэм я фэеплъ махуэм ирихьэлIэу. «Дыгъуасэ, нобэ, пщэдей…» (адыгэбзэкIэ) 21.05 «Iуащхьэмахуэ, хэкужьым сышэж» макъамэ композицэр (адыгэбзэкIэ) Бэрэжьей, накъыгъэм и 22 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ) 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ) 14.30, 17.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 20.40 Ток-шоу «Адэхэмрэ бынхэмрэ» Махуэку, накъыгъэм и 23 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр 9.00 «Нобэ япщэфIахэр» 9.30 «Узыншагъэм и щIыналъэ» 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ) 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ) 14.30, 17.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 20.40 «Минхэм я бэуэкIэ — зы макъ». Тыркубзэм ирипсалъэхэм я дунейпсо фестивалу Конье къалэм щекIуэкIар (балъкъэрыбзэкIэ) Мэрем, накъыгъэм и 24 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр. 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ) 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ) 14.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 17.30 ЩIыпIэ зэман. Кавказ Ищхъэрэм щыхъыбархэр 20.40 «Вояж» программэр Щэбэт, накъыгъэм и 25 8.10, 11.10, 14.20 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 10.05 «Нобэ япщэфIахэр» 10.35 «ХамэщIри хэкум хуэдэу фIыуэ елъагъу» программэр 10.45 «Узыншагъэмрэ дахагъэмрэ» программэр Тхьэмахуэ, накъыгъэм и 26 10.20 ЩIыпIэ зэман. «Тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» 14.20 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр «Къэбэрдей-Балъкъэр» ГТРК-м и радио Блыщхьэ, накъыгъэм и 20 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10 7.25 — 8.00 Урыс-Кавказ зауэм хэкIуэда адыгэхэм я фэеплъ махуэм ирихьэлIэу. «Дыпсэун папщIэ зыщыдгъэгъупщэн хуейкъым» (адыгэбзэкIэ). 10.15 — 10.30 Адыгэ лIыхъужь уэрэдхэр (адыгэбзэкIэ). 13.25 — 13.45 «Iуэху куэд щызэфIагъэкI блыщхьэ». 13.45 — 14.00 Зумакуловэ Танзиля и «ХамэщI» поэмэм щыщ пычыгъуэ (балъкъэрыбзэкIэ). Гъубж, накъыгъэм и 21 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10 7.25 — 7.45 КъардэнгъущI Зырамыку. «Урыс-Кавказ зауэр IуэрыIуатэм къызэрыхэщыр» (адыгэбзэкIэ). 7.45 — 8.00 Урыс-Кавказ зауэм хэкIуэда адыгэхэм я фэеплъ махуэм ирихьэлIэу. Созаев Ахъмэт и «Тутар» рассказыр. 10.15 — 10.30 «Тхыдэ: гуауэмрэ ар зэрызыхэтщIэмрэ» (адыгэбзэкIэ). 13.25 — 14.00 «БлэкIар: жыжьэ — гъунэгъу». Бэрэжьей, накъыгъэм и 22 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10 7.25 — 7.45 «Уэрэдыр лъэпкъым и псэщ». Концерт (адыгэбзэкIэ). 7.45 — 8.00 Бесланеевэ Б. «Бгъэм и вагъуэбэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 10.15 — 10.30 Ульбашев А. «Уэрэдыр и Iэпэгъуу» (балъкъэрыбзэкIэ). 13.25 — 13.45 Нало Ахьмэдхъан и «Къэрабгъэ» рассказыр (адыгэбзэкIэ). 13.45 — 14.00 Шинкубэ Бэгърат. «ЖылакIэ». Махуэку, накъыгъэм и 23 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 10.00, 13.10, 16.10, 18.10 7.10 — 8.00 «Жьырытэдж». Нэгузегъэужь нэтын. 10.15 — 10.30 Зэгъусэу дыкъоджэ. Кучинаев Ануар. «ГъащIэм и архъуанэхэр». 13.25 — 13.40 Теппеев Сулеймэн и «ПцIащхъуэ» рассказыр (балъкъэрыбзэкIэ). 13.40 — 14.00 Бапинаев Зариф. «Псэм дыхьэ уэрэдхэр» (балъкъэрыбзэкIэ). Мэрем, накъыгъэм и 24 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10 7.25 — 8.00 «Микс хьэплъырыфэр» (адыгэбзэкIэ). 10.15 — 10.30 Емкъуж Мухьэмэд. «Дунейкъутэж» повестым щыщ пычыгъуэ (адыгэбзэкIэ). 13.25 — 13.45 Гъатхэ макъамэхэр (адыгэбзэкIэ). 13.45 — 14.00 «Инджылызыбзэр Джэдгъэф Маринэ и гъусэу зыдогъащIэ». Щэбэт, накъыгъэм и 25 10.10 — 11.00 «Кавказ пшэплъхэр». 12.10 «КъБР: махуэр махуэм кIэлъыкIуэу». ХъыбарыщIэхэр (адыгэбзэкIэ). 12.25 «КъБР: махуэр махуэм кIэлъыкIуэу» ХъыбарыщIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ). 12.40 — 13.00 «Мы гъэм школыр къэзыуххэм ятеухуауэ» (балъкъэрыбзэкIэ). Тхьэмахуэ, накъыгъэм и 26 10.10 «КъБР: махуэр махуэм кIэлъыкIуэу» ХъыбарыщIэхэр. 10.25 — 11 00 Театрыр микрофоным Iутщ. Франко И. «Насып ядыгъуа». 12.10 — 13.00 Лермонтов Михаил. «Бэллэ» радиоспектаклыр (адыгэбзэкIэ). КъБР-м и радио Блыщхьэ, накъыгъэм и 20 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00 7.15/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/16.05 «ЩIэныгъэм и дунейм — зыплъыхьакIуэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.45/14.35 «Лэгъупыкъу». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ). 9.00/18.05 «Зэпсэлъэгъухэр» (урысыбзэкIэ). 9.25/18.30 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ). 10.05 «Утыку» (адыгэбзэкIэ). 10.20/16.25 «Макъамэ яхъумахэр» (адыгэбзэкIэ). 10.47/14.50 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 11.05/15.00 «Зэныбжьэгъухэм я гушыIэкIэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.25/15.20 «Уэрэдыр тыгъэ фхузощI (балъкъэрыбзэкIэ). 11.48/15.43 «Гюрен». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 12.05/17.30 «Дуней тетыкIэ» (урысыбзэкIэ). 12.25/17.00 «КъехьэкI-нехьэкI зыхэмылъ псалъэмакъ» (урысыбзэкIэ). 14.05/14.35 «Дыхьэшхэным и хъуреягъкIэ» (адыгэбзэкIэ). Гъубж, накъыгъэм и 21 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00 7.15/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 7.48/15.43 «Зэхэфха? Флъэгъуа?» Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/16.05 «Ди хъугъуэфIыгъуэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «Зэманыр, къэхъукъащIэхэр, Iуэху еплъыкIэхэр» (урысыбзэкIэ). 9.25/18.30 «Гукъыдэж» (урысыбзэкIэ). 10.05 «Адыгэхэр: тхыдэр, гъэсэныгъэр» (адыгэбзэкIэ). 10.45/14.45 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 11.05/15.20 Зы уэрэдым и тхыдэ. «Ходз». (балъкъэрыбзэкIэ). 11.28/15.00 «Школ Iуэхухэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.05/17.30 Шинкубэ Бэгърат и «ЖылакIэ» романым щыщ пычыгъуэ (урысыбзэкIэ). 12.25/17.00 «Тхыдэм и дерсхэр» (урысыбзэкIэ). 12.45/14.30 «Зи чэзу Iуэхум теухуауэ» (адыгэбзэкIэ). 14.05/16.35 «Макъамэ калейдоскоп» (адыгэбзэкIэ). Бэрэжьей, накъыгъэм и 22 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00 7.15/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/15.00 «Къонгуроучукъ». Сабийхэм папщIэ (балъкъэрыбзэкIэ). 8.45/16.22 «Гюрен». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «Зи чэзу Iуэхум теухуауэ» (урысыбзэкIэ). 9.25/17.30 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ). 10.05/15.45 «Панорамэ» (адыгэбзэкIэ). 10.20/16.32 Концерт (адыгэбзэкIэ). 10.47/14.50 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 11.05/16.05 «Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ). 11.22/15.20 «Сэлам алейкум» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.05/17.00 «Гъуазджэм и щIыналъэ» (урысыбзэкIэ). 12.35/18.30 «Гукъыдэж» (урысыбзэкIэ). 14.05-14.50 «Уэрэдыр и Iэпэгъуу» (адыгэбзэкIэ). Махуэку, накъыгъэм и 23 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.0, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00 7.15/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/16.05 «Дэ къытхуэнар» (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «Нэхъыщхьэм теухуауэ — кIэщIу» (урысыбзэкIэ). 9.25/17.30 «Макъамэ Iэмэпсымэ зэмылIэужьыгъуэхэм папщIэ ятха пьесэхэр» (урысыбзэкIэ). 9.37/17.42 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ). 9.47/17.20 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 10.05/14.35 «Динымрэ гъащIэмрэ» (адыгэбзэкIэ). 10.20/16.35 «Гухэлъ уэрэдхэр». Концерт (адыгэбзэкIэ). 10.45-11.00 «ДунейгъафIэ». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ). 11.05/15.00 «Лэгъупыкъу» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.25/15.20 «Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ). 11.48/15.43 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 12.05/17.00 «Макъамэхэр» (урысыбзэкIэ). 12.25/18.25«Дуней тетыкIэ» (урысыбзэкIэ). 14.05/14.35 «Пшыналъэ». Нэгузегъэужь нэтын (адыгэбзэкIэ). Мэрем, накъыгъэм и 24 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00 7.15/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/16.25 «Дыщэ пхъуантэ цIыкIу» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.35/15.10 «Уэсылъэ къуршхэм я макъамэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «ГъащIэ упщIэ» (урысыбзэкIэ). 9.25/17.30 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ). 10.05 «Эфирыр псоми папщIэ» (адыгэбзэкIэ). 10.25 «ФIыуэ тлъагъу макъамэхэр» (адыгэбзэкIэ). 10.45/14.32 «Таурхъан». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ). 11.05/15.00 «Гуапагъэмрэ уахътыншагъэмрэ ятеухуауэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.15/16.05 «Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ). 11.35/15.32 «Гюрен». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 11.45/15.42 «Щэнхабзэм теухуауэ» (адыгэбзэкIэ). 12.05/17.00 «Гъуазджэм и щIыналъэ» (урысы-бзэкIэ). 12.35/18.30 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ). 12.44/18.39 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 14.05/16.35 «Ди гъусэу зывгъэпсэху» (адыгэбзэкIэ). Щэбэт, накъыгъэм и 25 7.00/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 7.38/13.38 «Вагъуэбэ» (адыгэбзэкIэ). 8.00/15.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/15.25 «Шаудан». Радиожурнал (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.00 «Я гулъытэ нэхъыщхьэр зыхуэгъэзар» (урысыбзэкIэ). 9.25/18.25 «Школ вальс» (урысыбзэкIэ). 9.45/18.45 «Усыгъэм и сатыр мыкIуэдыжынухэр…» (урысыбзэкIэ). 10.00/10.30 «Дэрэжэгъуэ». Нэгузегъэужь нэтын (адыгэбзэкIэ). 10.50/14.30 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 11.00/16.00 «Зэныбжьэгъухэм я гушыIэкIэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.21/16.21 «Топалайчыкъ». Сабийхэм папщIэ (балъкъэрыбзэкIэ). 11.30/16.30 «Iуащхьэмахуэ и щыгум щыIу уэрэдхэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.00/17.00 «Гукъыдэж» (урысыбзэкIэ). 12.44/17.44 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 14.00/14.50 «Радиотеатр» (адыгэбзэкIэ). Тхьэмахуэ, накъыгъэм и 26 «ХъыбарыщIэхэр». Тхьэмахуэм къэхъуахэр (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 8.00, 10.00, 12.00, 14.00, 15.00, 17.00 7.00/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 7.40/14.40 «Лъэпкъ прозэм и напэкIуэцIхэр» (адыгэбзэкIэ). 8.10/15.10 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.40/15.40 «Гюрен». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.00 «Iуэху нэхъыщхьэм теухуауэ» (урысыбзэкIэ). 9.30/18.30 «Дыщыпсэу дунейм» (урысыбзэкIэ). 9.40/18.40 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 10.10/14.10 «Ди зэIущIапIэм» (адыгэбзэкIэ). 10.40/10.58 «Школ Iуэхухэр» (адыгэбзэкIэ). 11.00/16.00 «Ди хъугъуэфIыгъуэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.10/17.10 «Театрыр микрофоным Iутщ» (урысыбзэкIэ). 13.35/14.00 «ЦIыхуитIым зэдыжаIэ уэрэдхэр» (адыгэбзэкIэ).
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27723.txt" }
Накъыгъэм и 21-р Адыгэхэм я фэеплъ махуэщ
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27729.txt" }
Куэд щызэхэухуэна «Адыгэхэр» шэрджэс щэнхабзэ фондым къызэригъэпэща «Эклектика времен» сурэт конкурсыр ирагъэжьащ. Зэпеуэм и мурадыр адыгэхэм я щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр хъумэнырщ, хэIущIыIу щIынырщ. «Эклектика времен»-м гъэщIэгъуэну хэлъыр нобэрей гъащIэмрэ пасэ зэманымрэ зэрыщызэхэухуэнарщ. Зэхьэзэхуэм хагъэхьэнур зи гугъу тщIы темэр къыщыIэтауэ езыхэм трахыжа сурэтхэрщ. Интернетым къраха сурэтхэм хэплъэнукъым. Зэпеуэм ирагъэхьыну лэжьыгъэхэм бжыгъэ пыухыкIа яIэкъым. «Адыгэхэр» фондым и зэпеуэм ухэтын папщIэ, мы форумым http://fond-adygi.ru/forum зыщебгъэтхыу уи лэжьыгъэхэр ебгъэхьын хуейщ. КъыкIэлъыкIуэу, livejournal, fasebook, twitter, vkontakte, instagramm социальнэ сайтхэм языхэзым ущиIэ напэкIуэцIым мы зэпеуэр зэрекIуэкIым теухуа хъыбарыр Iэмал имыIэу итын хуейщ. Зи лэжьыгъэхэр нэхъыфIу къалъытэ цIыхуитхум къагъэхьахэм къэпщытакIуэхэр хэплъэжынурэ, саугъэт нэхъыщхьэу ятыну ipod плеерыр зыхуэфащэр къыхахынущ. 2011 гъэм къызэрагъэпэща «Адыгэхэр» фондым зэманым екIу, мыхьэнэ зиIэ икIи гъэщIэгъуэн проект зыбжанэ иригъэкIуэкIащ, лъэпкъым и щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр хъумэным теухуауэ. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, Москва щекIуэкIа «Оттенки черкесского» гъэлъэгъуэныгъэр. ПЩЫГЪУЭШ Iэсият.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27731.txt" }
Зы жыпхъэм иту 1875 гъэм накъыгъэм и 20-м къэпщытэныгъэмкIэ конвенцэм Iэ щыщIадза махуэр Метрологием и дунейпсо махуэу ягъэлъапIэ. Метрологиер — мардэр къызэралъытэ щIыкIэр зы хабзэ хэхам тету зэрызэкIэлъагъакIуэ Iэмалхэр зыдж щIэныгъэщ. Ар ди гъащIэм и лъэныкъуэ псоми къыхохьэ, и ехъулIэныгъэхэр промышленностым, мэкъумэшым, иджырей медицинэм, дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэным, сатум я IэнатIэхэм, нэгъуэщIхэми зыубгъуауэ къыщагъэсэбэп. Зэманым къигъэнэIуащ цIыхухэм я сэбэп зыхэлъхэр хъумэным иджырей метрологием щигъэзащIэ социальнэ-жылагъуэ къалэным нэрылъагъуу зэрыхэхъуэр. Къызэрапщытэ электрокардиографхэм, тонометрхэм, анализаторхэм, нэгъуэщI медицинэ Iэмэпсымэхэм пэжу къагъэлъэгъуэным, тыкуэн, бэзэр тэрэзэхэр, псы, газ счетчикхэр, адрейхэри тэмэму лэжьэным мыхьэнэшхуэ иIэщ. Аращ Метрологием и дунейпсо махуэр мы гъэм «Махуэ къэс къэтпщытэу» къыхуеджэныгъэм щIэту щIрагъэкIуэкIыр. «КъБР-м СтандартизацэмкIэ, метрологиемрэ гъэунэхуныгъэмкIэ и къэрал щIыналъэ центр» ФБУ-м а Iуэхум гулъытэ хэха хуещI. Республикэм и предприятэхэм, организацэхэм, хьэрычэтыщIэхэм метрологие и лъэныкъуэкIэ лэжьыгъэрэ Iуэхутхьэбзэу куэд хузэфIегъэкI. Илъэс къэс Iэмэпсымэ мин 45-м нэблагъэм я щытыкIэр къепщытэ. Мы зэманым Iэмэпсымэ лIэужьыгъуэу къагъэсэбэпым и процент 95-р зыхуэдэр ди центрым егъэбелджылыри, ирагъэплъын щхьэкIэ мылъку лей щIату ахэр нэгъуэщI щIыпIэхэм щIашэн щхьэусыгъуэ щыIэкъым. Иужьрей илъэсхэм зэдгъэпэщащ биохимие, иммунофермент анализаторхэм, хущхъуэ ткIуэпсхэр зэрыщIагъаткIуэ, зэрырагъаткIуэ дозаторхэм, алкометрхэм клиникэ рентген дозиметрхэм, вольт лъагэм и трансформаторхэм, газыр къызэрахутэ электрон корректорхэм, давленэшхуэхэм я датчикхэм, хуабжьагъыр къызэралъытэхэм, газоанализаторхэм, газосигнализаторхэм я лэжьэкIэр къызэрапщытэ Iэмэпсымэхэр. Центрым узыншагъэр хъумэным и IэнатIэхэм къыщагъэсэбэп медицинэ техникэм, псыр, газыр къызэралъытэ счетчикхэм, монометрхэм, электросчетчикхэм, нэгъуэщIхэми я щытыкIэм щыкIэлъоплъ, ахэр щызэрагъэпэщыж. А лэжьыгъэхэр псынщIэу икIи фIагъ хэлъу зэрызэфIэдгъэкIым папщIэ, республикэм и предприятэхэм, организацэхэм, и цIыхухэм фIыщIэ къытхуащI. Къэбэрдей-Балъкъэрым и метролог псоми я махуэмкIэ сохъуэхъу. Мамыр гъащIэ, узыншагъэ быдэ яIэну, я IэнатIэ мытыншым ехъулIэныгъэщIэхэр къыщахьыну си гуапэщ. Шурдым Юрэ, «Къэбэрдей-Балъкъэрым СтандартизацэмкIэ, метрологиемрэ гъэунэхуныгъэхэмкIэ и къэрал щIыналъэ центр» ФБУ-м и унафэщI.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27734.txt" }
«Щиху цIыкIум» зыщагъэпсэхунущ Гъэ еджэгъуэр иухыным къэнэжар махуэ бжыгъэщ. Куэд дэмыкIыу тетрадхэмрэ тхылъхэмрэ зэрагъэтIылъэкIынущ икIи сабийхэм я зэманыгъуэ насыпыфIэр — гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэр — къэсынущ. Балигъхэм иджы щыщIэдзауэ а лъэхъэнэм зыхуа- гъэхьэзыр. Апхуэдэу Май куейм щыIэ, узыншагъэр щрагъэфIэкIуэж «Щиху цIыкIу» лагерыр хуэхьэзырщ сабийхэр зэрыригъэблэгъэнум. Гъэмахуэм абы цIыху 300-м зыщагъэпсэхуфынущ. Лагерым и лэжьыгъэр Iыхьищу зэпыудауэ екIуэкIынущ. Япэ Iыхьэм абы зыщызыгъэпсэхуну цIыкIухэр ирагъэблэгъэнущ мэкъуауэгъуэм и 15-м. «Щиху цIыкIум» и унафэщI Головатовэ Людмилэ зэрыжиIамкIэ, сабийхэр щыпсэуну унэ цIыкIухэр зэрагъэпэщыжащ, пщэфIапIэр, шхапIэр, узыншагъэм щыкIэлъыплъ пэшыр зэрахьащ, зыгъэпсэхупIэ щIыпIэхэр зыхуей хуагъэзащ. Лагерым и пщIантIэм къыщыкI щхъуантIагъэхэри я нэIэм щIагъэтщ. Апхуэдэу Май куейм щылэжьэнущ школхэм епхауэ лагерищ. Район администрацэм егъэджэныгъэмкIэ и къудамэм и IэщIагъэлI нэхъыщхьэ Захаровэ Надеждэ къызэрыхигъэщамкIэ, ахэр щылэжьэнущ Май къалэм дэт гимназие №1-м, Александровскэ станицэм щыIэ курыт школ №9-мрэ «Теремок» сабий сад-пэщIэдзэ еджапIэмрэ. Май район администрацэм и пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27737.txt" }
Мы махуэхэм Накъыгъэм и 18, щэбэт Музейхэм я дунейпсо махуэщ Балтие флотым и махуэшхуэщ Ставрополь крайм и махуэщ 1764 гъэм Петербург къыщызэIуахащ Урысейм и япэ цIыхубз еджапIэ (Смольнэ институт). 1925 гъэм Адыгэ Республикэм и Лъэпкъ музейр къызэIуахащ. Урысейм и иужьрей пащтыхь Николай ЕтIуанэр къызэралъхурэ илъэси 145-рэ ирокъу. Физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, УФ-ми КъБР-ми щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ ХъуэкIуэн Хьэзрэталий и ныбжьыр илъэс 81-рэ ирокъу. Мэкъумэш щIэныгъэхэм я кандидат, КъБКъМУ-м и профессор, КъБР-м щIыхь зиIэ и агроном ХьэщIэлI Руслан и ныбжьыр илъэс 73-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, пIалъэ-пIалъэкIэрэ уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 19 — 22-рэ, жэщым градус 13 — 16 щыхъунущ. Накъыгъэм и 19, тхьэмахуэ СПИД узыфэм илIыкIахэм я дунейпсо фэеплъ махуэщ Лэжьэн щIедзэ урысей телеканалыщIэм — Урысейм и Жылагъуэ телевиденэм. Ар къызэгъэпэщыным теухуа унафэм УФ-м и Президентым Iэ щIидзащ 2012 гъэм мэлыжьыхьым и 17-м. 1943 гъэм СССР-м и ГКО-м Бахъсэн ГЭС-р зэфIэгъэувэжыным теухуа унафэ къищтащ. 1985 гъэм Налшык къыщызэIуахащ Сабий творчествэм и унэ. 1991 гъэм Налшык къыщызэIуахащ Къэбэрдей лъэпкъым и япэ конгресс. Абы и япэ президенту хахащ Къалмыкъ Юрий Хьэмзэт и къуэр. Хьэрып къэралхэм я лигэм и Секретарь нэхъыщхьэм и чэнджэщэгъу, Иорданием щэнхабзэмкIэ и министр, КъуэкIыпIэ Гъунэгъум щыцIэрыIуэ адыгэ бзылъхугъэ Нэгуэр Нанси Наурыз и пхъур къыщалъхуа махуэщ. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, уафэгъуагъуэ уэлбанэ къэхъункIэ хъунущ. Хуабэр махуэм градус 18 — 20, жэщым градус 13 — 16 щыхъунущ. Накъыгъэм и 20, блыщхьэ Метрологым и дунейпсо махуэщ 1875 гъэм Париж къыщащтащ метр, литр, килограмм пщалъэхэр. 1939 гъэм «КъБР-м и цIыхубэ артист», «КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ», «КъБР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ» цIэ лъапIэхэр ягъэуващ. Тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, УФ-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Гугу Рэшад къызэралъхурэ илъэс 86-рэ ирокъу. Физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ЖьэкIэмыхъу Мусэбий и ныбжьыр илъэс 78-рэ ирокъу. УсакIуэ, тхакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Хьэх Сэфарбий и ныбжьыр илъэс 75-рэ ирокъу. Медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, АКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и действительнэ член Ачырэ Аслъэн и ныбжьыр илъэс 65-рэ ирокъу. Радиожурналист Тэтрокъуэ Астемыр и ныбжьыр илъэс 58-рэ ирокъу Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 19 — 20, жэщым градус 14 — 17 щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27739.txt" }
Къремыхъуж апхуэдэ зэи Кавказ зауэм хэкIуэда адыгэхэм я фэеплъ махуэм ирихьэлIэу накъыгъэм и 20 — 21-хэм властым и органхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, республикэм щыпсэухэр зыхэт дауэдапщэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым зэрыщекIуэкIынур яубзыхуащ. Накъыгъэм и 20-м Щхьэхуитыныгъэм и хадэм пасэрей адыгэ уэрэдыжьхэр щыжаIэну «Си Хэку — си уэрэд» пшыхьыр щекIуэкIынущ. Абы иужькIэ абдежым щыщIагъэнэнущ шэху уэздыгъи 101-рэ. Накъыгъэм и 21-м адыгэ щIалэгъуалэр къалэм и уэрам нэхъыщхьэм — Лениным и уэрамым — ирикIуэнурэ, Щхьэхуитыныгъэм и хадэм деж щызэхуэсынущ. Абдеж пэкIу щекIуэкIынущ. Сыхьэт 12-м КъБР-м и Муслъымэнхэм я IуэхущIапIэм и тхьэмадэм къызэхуэсахэм дыуэ яригъэщIынурэ, псори зы дакъикъэкIэ щыгъуэнущ. ИтIанэ Кавказ зауэм хэкIуэда адыгэхэм я фэеплъ сыным удз гъэгъа Iэрамэхэр тралъхьэнущ. А ма-хуэм Лъэпкъ музейм къыщызэIуахынущ ГъукIэпщокъуэ Щауэмыр пшахъуэм къыхищIыкIа сурэтхэм я гъэлъэгъуэныгъэр. Фэеплъ махуэм ехьэлIа зэIущIэхэр, дерсхэр, зэхыхьэхэр накъыгъэм и кIэ хъуху щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм къыщызэрагъэпэщынущ. Адыгэхэм лъапсэрыхыр къахуэзыгъэкIуа зауэм теухуа дерсхэр, класс сыхьэтхэр, «стIол хъурейхэр» школхэм щекIуэкIынущ, еджакIуэхэр яIущIэнущ тхыдэджхэмрэ щIэныгъэлIхэмрэ. А махуэм теухуа напэкIуэцI щхьэхуэхэр ягъэхьэзырынущ «Кабардино-Балкарская правда», «Заман», «Горянка», «Советская молодежь» республикэ газетхэм, телевиденэмкIэ нэтынхэр щыIэнущ. Къыхэгъэщыпхъэщ КъБР-м, АР-м, КъШР-м къыщыдэкI адыгэ газетхэм зэгъусэу номер зэхэт зэрагъэхьэзырри. Гузэвэгъуэшхуэ къытхуэзыхьа зауэжьым хэкIуэдахэм я фэеплъ махуэм ирихьэлIэу къыдэкIащ Лермонтов Михаил и «Кавказ поэмэхэр», Шинкубэ Бэгърат и «ЖылакIэ», Лохвицкий Михаил и «Уафэгъуагъуэ макъ» тхылъхэр, апхуэдэуи «Кавказ зауэм (1763-1864 гъгъ.) и лIыхъужьхэр» плакатыр дунейм къытехьэнущ мыгувэу. Налшык къалэ администрацэм и нэIэ щIэту къалащхьэм и библиотекэхэм щекIуэкIынущ «БлэкIа илъэсхэм я фэеплъ» зэIущIэхэр, къищынэмыщIауэ, спорт зэхьэзэхуэхэр къызэрагъэпэщынущ. Бахъсэн къалэ ЩэнхабзэмкIэ и унэм накъыгъэм и 20-м щекIуэкIынущ Фэеплъ махуэм теухуа театр теплъэгъуэхэр. Апхуэдэуи «Тхыдэм и махуэм дриплъэжу» зыфIаща зэхьэзэхуэм тхылъеджэхэр щызэпеуэнущ. Накъыгъэм и 21-м «Си хэкум и тхыдэр» литературэ-макъамэ композицэр къызэрагъэпэщынущ. Ди лъэпкъым дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ фэеплъ махуэм зыхуегъэхьэзыр Бахъсэн район администрацэми. «Хэкур зыфIэкIуэдым псори фIокIуэд» фIэщыгъэм щIэту ЩэнхабзэмкIэ унэм литературэ-макъамэ зэIущIэ щызэхашэнущ. Апхуэдэ пшыхьхэр щекIуэкIынущ Бахъсэненкэ, ХьэтIохъущыкъуей къуажэхэм дэт щэнхабзэмкIэ унэхэм. IуэхущIапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм тхылъ-сурэт гъэлъэгъуэныгъэхэр къыщызэрагъэпэщынущ. Дзэлыкъуэ куейм исхэми зыхуагъэхьэзыращ накъыгъэм и 21-м — «ИстамбылакIуэ гъуэгум» литературэ пшыхьыр Малкэ щекIуэкIынущ. Апхуэдэуи Сэрмакъ, Псынэдахэ, Дзэлыкъуэдэс, Дженал, Дзэлыкъуэ, Шордакъ жылэхэм дэт щэнхабзэмкIэ унэхэм зэIущIэ гукъинэжхэр щыIэнущ. Лэскэн куейм щагъэхьэзыра «ИстамбылакIуэ» театр теплъэгъуэр накъыгъэм и 20-м утыку кърахьэнущ, ар щекIуэкIынущ Анзорей дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм. Кавказ зауэм теухуа тхылъхэм я гъэлъэгъуэныгъэ библиотекэхэм къыщызэрагъэпэщынущ. Прохладнэ къалэм накъыгъэм и 20-м зыхуегъэхьэзыр «Кавказ зауэр блэкIам и напэкIуэцIщ» пшыхьым. Апхуэдэуи а Iуэхум теухуауэ лекцэхэмрэ дерсхэмрэ къызэрагъэпэщынущ. Прохладнэ районым хыхьэ Алътуд къуажэм пэкIу щызэхыхьэнущ икIи накъыгъэм и 15-м щегъэжьауэ тхыдэ сыхьэтхэр, зэпсэлъэныгъэхэр, гъэлъэгъуэныгъэхэр зэхашэ. Май муниципальнэ щIыналъэри лъэныкъуэкIэ къэнакъым — мы мазэм къриубыдэу абы къыщызэрагъэпэщынущ литературэ-макъамэ композицэхэр, сурэт гъэлъэгъуэныгъэхэр, «стIол хъурейхэр». Тэрч къалэ щыIэ ЩэнхабзэмкIэ и унэм накъыгъэм и 20-м Кавказ зауэм теухуа фэеплъ пшыхь щыIэнущ, апхуэдэуи библиотекэхэм зэIущIэхэр щагъэхьэзыр. Аруан районым хыхьэ Джэрмэншык, Псынабэ къуажэхэм, Нарткъалэ накъыгъэм и 21-м фэеплъ зэхыхьэхэр зэхашэнущ. Шэ-джэм куейм щекIуэкIынущ «Мухьэжырхэм я гъуэгуанэ гугъур» пшыхьыр. Апхуэдэуи хэкур джыным теухуа сыхьэт, зэпсэлъэныгъэхэр, гъэлъэгъуэныгъэхэр къызэрагъэпэщынущ. Шэрэдж, Iуащхьэмахуэ районхэри жыджэру хэтынущ мы Iуэхум. Абыхэм я жылэ зыбжанэм тхыдэм теухуа сыхьэтхэр, макъамэ-усэ пшыхьхэр щекIуэкIынущ. НэщIэпыджэ Замирэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27741.txt" }
Гур пхъэррэ, лъэр пхъэм дэнауэ Хьэбэздэс (хьэгъундыкъуеипхъущ) Жу Фаризэт иджыблагъэ дызригъэдэIуа хъыбар гъэщIэгъуэныщэр зытеухуа щIалэри хэхэсхэм ящыщщ. Фаризэт и анэшхуэ Хьэбидэт Хьэгъундыкъуей дэс Къуршэхэ япхъут, езыхэр зэш-зэшыпхъу куэд хъурт. Мы хъыбарыр Хьэбидэт и дэлъхухэм ящыщ Хьэжмырзэ и къекIуэкIыкIам теухуащ. Сурэтыр Назим 1965 гъэм Хьэгъундыкъуей щыщыIам Жухэ я пщIантIэм щытрахащ. Щысхэр (ижьымкIэ щегъэжьауэ): Жухэ Исмэхьил, Назим, Жэмбэч Сэлихь, Жу Хьэбидэт (Дыщэ), Жухэ Исхьэкъ, Рэшид, Адзын Ницэ. Щытхэр (ижьымкIэ щегъэжьауэ): Жу Мыхъутар, Хьэуэ, Унэжь Цуцэ, Жухэ Хьэмырзэ, Гуащэ, СулътIан, Унэжь Пакъэ, Жу ШэIидэт. ФАРИЗЭТ и гум къинэжащ и анэшхуэ Хьэби дэт и дэлъху нэхъыщIэ Хьэжмырзэ пэплъэу зэрыпсэуар, и тхьэкIумэхэм итщ и псалъэхэр. «Си Хьэжмырзэ мыгъуэ, си дэлъху цIыкIу, упсэумэ — уи макъ къэгъэIу, улIамэ — си нэгум къыщIыхьэ», — жиIэурэ Хьэбидэт Тхьэ елъэIурт, зы жэщ гъуэлъыжыгъуэ димыгъэхуу. Сабийхэми къагурыIуэртэкъым нанэм и гурыгъу-гурыщIэм и щхьэусыгъуэр. ЯмыщIэххэри зэджэм и хъыбарырт. Ауэрэ, къыдэкIуэтейри, анэшхуэм еупщI хъуащ и гукъеуэм, и тхьэлъэIум и щхьэусыгъуэмкIэ. Хьэбидэт къажриIащ илъэс 18 щыхъуам щегъэжьауэ, и бампIэм и нагъыщэу, IэлъэщI фIыцIэ зэрытелъыр, бостей фIыцIэ зэрыщыгъыр. Фаризэт IупщI дыдэу ещIэж, пэж дыдэу, нанэм и IэлъэщIыр, и зы щхьэцыпэ налъи къыщIимыгъэщу къеуфэхыпауэ, и напIэ къиIэту зыми и нэгум имыплъэу, щыгъуэ теплъэм имыкIыу зэрыпсэуар. Апхуэдэми, езыр бзэ IэфIт, цIыху щабэт икIи и хьэл-щэн дахэм къыхуихьауэ, гъафIэгъыцIэу псори Дыщэт къызэреджэр. …Хьэбидэт и щIалэгъуэм щыгъуэ бзылъхугъэхэр гъунэгъухэм цыпх щIыхьэху кIуэуэ щытащ. Мис апхуэдэ зы щIыхьэху гуэрым Хьэбидэт щыIэу, и дэлъху нэхъыщIэ Хьэжмырзэ кIэлъыкIуащ. Езы Хьэбидэт и псэлъэкIэр апхуэдэти, щабэу и дэлъхум еупщIащ: «Сыт, си дуней нэху, укъыщIэкIуар?» — жери. И дэлъхум, къызыхихари шыпхъум къыгурымыIуэу, жэуап къритыжащ: «Сигу укъэкIати сыкъэкIуащ, услъагъуну». ГурыIуэгъуэт бынунагъуэм шыпхъу нэхъыжьыр нэхъ хэхауэ щIалъагъур, зыкъыщIрагъэзыр: зи анэр зыщхьэщымытыж сабийхэм ар анэ пэлъытэ яхуэхъуат. Арати, Хьэбидэт и гум гурыщхъуэ, пIейтеиныгъэ гуэр къридзащи, щысыжыфыркъым. Щымыхъужыххэм, зыкъиIэтри кIуэжащ. И дэлъхуитIыр унэм щIэст, Хьэжмырзэ къэтт. Сыхьэти, сыхьэтитIи, нэхъыбэжи дэкIащ, ахъшэм хъуащ, жэщри кIуащ. АрщхьэкIэ Хьэжмырзэр бзэхащ. КъэкIуэжакъым къыкIэлъыкIуэ махуэми, мазэ дэкIа нэужьи. Фаризэт зэрыхуигъэфэщэжымкIэ, Хьэжмырзэ щыкIуэдар 1920 гъэхэращ. Бетыгъуэн Мац (сэмэгумкIэ), Къуршэ Хьэжмырзэ, Хьэжмырзэ ипхъу нэхъыщIэр. Абы щыгъуэм щыIа Iэмал мащIэр къагъэсэбэпурэ, унагъуэр куэдрэ лъыхъуащ, щIэупщIащ Хьэжмырзэ. Ауэ зэманри ерут, дэкIыр къыщыдэмыхьэжти, я лъыхъуэныр зэтрагъэувыIащ. Хьэбидэт фIыщэу илъагъу и дэлъху цIыкIур игъеижщ, щыгъуэ фащэр зыщитIагъэри тIысыжащ. Ауэ бампIэм ихуз гур сыт зыгъэсабырыфынур? Къаджэр Хьэжмырзэ и макъыу тхьэкIумэхэм къиIуэмэ, блэкI лъэ макъыр абы ей къыщыхъурэ и нэхэр теплъызыху гъуэгущхьэм теплъэмэ… Хьэжмырзэ зэрыхъыбарыншэт. Сытыт къыхуэнэжыр цIыхубз Iэмалыншэм? Тхьэ елъэIунырт, игъеижами, и гугъэр зыхимых Хьэжмырзэ и хъыбар зэхихынырт. Зыт иджы Хьэбидэт зыхуеижыр: и дэлъхур щымыIэжми, и кIуэдыкIэ хъуам, и хьэдэ къупщхьэ здыщIэлъым щыгъуэзэнрат, и кхъащхьэм зытриIубэу и гущхьэ бэгар тIысыжыху тегъэнрат. Зэманыр къэувыIэркъым, гъащIэм и хабзэхэм урегъэувалIэ, сыт къэмыхъуами. Щыгъуэ фащэр зэрыщыгъыурэ, и гукъеуэм зэрыхэтурэ Хьэбидэти балигъыпIэм иуващ, лIы дэкIуэри, Жухэ я унагъуэ нэрыбгэ хъуащ. Быни игъуэтащ, быным я быныжхэри къыщIэуващ. Илъэсым илъэсыр кIэлъокIуэ, ауэ Хьэбидэт и гукъеуэр зыкIи нэхъ кIащхъэ хъуркъым, зы махуи и дэлъхур и гум ихуркъым. Ауэрэ… ЖУХЭ я пщIантIэм псыкъуий дэтт. Махуэ гуэрым, пщыхьэщхьэхуегъэзэкI хъуауэ, Фаризэти щIыгъуу Хьэбидэт а псыкъуийм деж здэщытым, Къуршэ Пакъэ зы щIалэ щIыгъуу къабгъэдыхьащ. Сэлам зэраха нэужь, Пакъэ жеIэ: «Мы къыпхуэсшар пцIыхурэ, Хьэбидэт?». «КъызжепIэмэ сцIыхунщ», — жэуап етыж Хьэбидэт. Къуршэхэ я лIым: «Уи дэлъху Хьэжмырзэ и къуэщ мыр», — щыжиIэкIэ, Хьэбидэту плъагъур здэщытым щощэтэх. Фаризэт зэрищIэжымкIэ, а дакъикъэр дуней къутэжым ещхьт: Хьэбидэт мэхащи, закъыхуегъэщIэжыркъым, езыр гужьеящи, ищIэнур ищIэркъым. Апхуэдэ къэхъуну пэмыплъагъэххэр Пакъэщи, къехьэкI-нехьэкI имыщIу хъыбарыр зэрыжиIам хущIегъуэжауэ мэгуIэ. «Апхуэдизрэ зыхуэщыгъуа и дэлъхум кIэлъокIуэж мыгъуэ», — жери хьэ-жэпхъажэ хъуауэ къежыхь. Сытми, гъунэгъу-жэрэгъу жаIэщ, дохутыри къраджэри, Хьэбидэт зыкърагъэщIэжащ. Иджыри хьэкъыпIэкIэ Iуэхур зыIутым щымыгъуазэми, ену зыпэплъэ, фIыщэу илъагъу и дэлъху Хьэжмырзэ и цIэ къудей зэрызэхихам фыз тхьэмыщкIэм фIэщхъуныгъэшхуэ къыхилъхьауэ: «Уэ си Хьэжмырзэ псэущ, Хьэжмырзэ псэущ», — абы фIэкIа хужыIэжыркъым. ИжьымкIэ щегъэжьауэ: Назим, и анэ Хьидэ, Назим и шыпхъумрэ абы и щхьэгъусэмрэ, щысыр япхъуращ.1984 гъэ, фокIадэ. Дамаск И акъылым тIэкIу къыщихьэжым, къызэфIагъэтIысхьэжри, нэхъ тегъэчыныхьауэ псоми щIэупщIащ. ЩIалэр, пэж дыдэу, Хьэжмырзэ и къуэт, и цIэр Назимт, хамэ къэрал жыжьэм, Иорданием, къикIри къахуэкIуат. Абы жиIащ и адэр дунейм зэрехыжар, уэсяти къазэрыхуигъэнар. И зы къуэм уэсят къыхуищIащ езыр зыхуея, ауэ зыхунэмыса хьэжыр и цIэкIэ хуищIыну. Назим къелъэIуащ зыщIэлIэу псэуа и хэкужьым къакIуэу зригъэлъагъуну, и пщIантIэжь дыхьэну, къыдалъхуахэр, и шыпхъухэр илъагъуну. И адэжь лъахэ къриха щIыгу IэмыщIэ, лIа нэужь, и кхъащхьэм хутрикIутэну. Адэжь хэкум Уэсятыр игъэ защIэза щIэкIэрэ, Назим мащIэрэ щIэупщIакъым и лъэпкъэгъухэм. Езыр къэкIуэным и пэ къихуэу, письмо къитхащ. Ар къуажэ советым и тетым Къуршэ Мухьэмэд (Хьэжмырзэ и адэ къуэшым и къуэщ) хуихьауэ щытащ. Ауэ а зэманым щыIа зэхэзехуэныгъэхэм, цIыхухэм я мылажьэ кIэралъхьэу ягъэкIуэду зэрыщытам Мухьэмэд тIэкIу тешыныхьри, дзыхь ищIакъым жэуап итхыжыну. Дауэ щытми, къуажэ советым тета Жу Мусэрэ Къуршэ Пакъэрэ жэуапыр ятхыжащ. Мызэ-мытIэу зэхуэтхащ. Сытми, Назим кърагъэблэгъащ и адэжь щIыналъэм. Назим Хьэгъундыкъуей къэсынымкIэ абы щыгъуэм дэIэпыкъуэгъуфI хуэхъуауэ щытащ Аслъэныкъуэ Хьэмзэт. Ар Москва щеджэрти, посольствэмкIэ къагъуэтри, Назим тыншу и лъахэм къыздишауэ щытащ. Зы урысыбзэ псалъэ зымыщIэ, и адэжь щIыналъэм зи щыпэкъакIуэ щIалэмкIэ псынщIакъым гъуэгуанэшхуэр зэпичыныр, ауэ а гугъуехь псори зыуи къыщыхъуртэкъым, и адэм и уэсятыр зэрыхуигъэзэщIэнум, адыгэхэр, къыдалъхуахэр, и адэм и къуэшхэр, шыпхъухэр зэрилъагъуну гупсысэ IэфIхэм къару къыхалъхьэрти. 1965 гъэращ Назим и хэкум япэ дыдэу къыщыкIуар. Я лъэпкъэгъур хуабжьу яIэтащ Къуршэхэ. ЩIыхуэ къызытранакъым Жухи. НэгъуэщIуи дауэт узэрыхущытыфынур зэи умылъэгъуа уи Iыхьлы дыдэм?! Адыгэр езыр хьэщIэкIэ жумартщ. Назим илъагъури зэхихри игъэщIагъуэу, фIэхьэлэмэту яхэсащ адыгэхэм. Ди щIыуэпсым и дахагъри фIэтелъыджэт, адыгэ лъэпкъым, и Iыхьлыхэм яхьэлIа хъыбархэми едаIуэрт, куэдми щIэупщIэрт. Апхуэдэурэ Назим зы мазэфIкIэ яхэсащ и лъэпкъым. АдэкIи щыIэну хуейт, Къуршэхи иджыри зыщагъэнщIатэкъым щIалэм икIи щIэлъэIуащ иджыри зы мазэ къыхущIагъужыну, арщхьэкIэ хамэ къэрал Iуэхухэр зезыхуэ къулыкъухэм къыхуадакъым, имыгъэзэжуи хъуакъым. «АтIэ, и гъащIэ псом Тыркум, Иорданием щыпсэуа адыгэ щIалэм адыгэ теплъэ иIэт, адыгэбзэ ищIэрэт?» — дыщIоупщIэ. Жу Фаризэти Къуршэ Татыми (Хьэжмырзэ и адэ къуэшым ипхъущ) зэрыжаIэжымкIэ, Назим и адыгэбзэр апхуэдизкIэ къабзэт, шэрыуэти, уеблэмэ езыхэр теукIытыхьыжырт я псэлъэкIэм. Назим щыIащ Жухи. Абы иIэт и адэ шыпхъу Хьэбидэт хуиIуэтэн. Фыз тхьэмыщкIэр и гъащIэ псом зыпэплъа псалъэхэт, хъыбарт ахэр. Хьэжмырзэ езыр дунейм ехыжами, абы и псалъэхэрат щIалэм Хьэбидэт къыхуихьар. «Си Хьэбидэту си дуней нэху! Си шыпхъу, къуэш цIыкIухэ! Си гъащIэр сыфщIэлIэу схьащ. Си кIуэдыкIари фымыщIэу, фи псэукIэми сыщымыгъуазэу, дызэрыгъеижурэ ди гъащIэр кIуащ. Мы сыздэщыIэм зэгуэрми гугъу сыщехьакъым, тхъэжыгъуэр сиIэу сыпсэуащ, ауэ зы махуэ и зы фIыгъуэ си нэм къыIуихьакъым, си гур утIыпщауэ сыхэпсэухьакъым. Си гум илъар фэращ, нэпсу щIэзгъэкIар тенджыз хуэдиз хъунущ, нэпс къуапэ къэскIэ фэращ зытеухуар. Къызыщывмыгъэхъу нэзгъэзэжыну Iэмал сиIэу къэзгъэнауэ…». ИДЖЫ игъуэ хъуащ Хьэжмырзэ и Iуэхур зэрыхъуам, хамэ къэралым къызэрыщыхутам фыщыдгъэгъуэзэну. Хьэгъундыкъуей щыщ Бетыгъуэн Мац зэхэзекIуэшхуэ зиIэт, хьэжыщI, чэруанакIуэ жыпIэми, щхьэусыгъуэ зэхуэмыдэхэмкIэ Тыркум кIуэрейт. Хъаныгъуэр, тетыгъуэр зейхэми япыщIат. Арати, абы щыIэу тырку пащэ гуэрым Мац къыжриIащ ипхъу закъуэр лIы дигъэкIуэну зырызигъэхьэзырыр. «Кавказым къиши зы щIалэ къысхуэшэ, теплъафIэу, гъэсауэ, пшынэ еуэфу, адыгэ пшынэфIи къыздрехь. Сыхуейщ си пхъум и хьэгъуэлIыгъуэр адыгэ пшынэм игъэбжьыфIэу щыIуну, адыгэ щIалэ пшынауэу хэтыну», — апхуэдэу Мац пащэм къыжриIауэ ягъэхъыбарыж. Маци фIы ищIэу къыщыхъуа е хьилагъэ хуекIуа, хэт иджы ар зэхэзыгъэкIыжынур, Хьэжмырзэ къыжриIащ езым щIыгъуу пащэм ипхъу закъуэм и хьэгъуэлIыгъуэм пшынауэу хэтмэ, ахъшэфI кърату къызэри-гъэзэжынур, и щхьэми, и шыпхъухэми сэбэпышхуэ зэрахуэхъуфынур. Зи лъы къэплъыгъуэ щIалэр куэдрэ къэбгъэделэнт, абы тетуи Мац и гъусэу Хьэжмырзэ хэкум икIащ. Пшынэ иригъэуэну фIэкIа къыхуэмейуэ жиIэу пащэм пцIы иупсами, мурад щэху иIами — езым ахърэтым здихьыжа щэхущ ар — ауэ Тыркум нэсу щIалэр кхъухьым зэрикIыу къыпежьэри зриубыдылIащ. Малъхъэ имыщIуи увыIакъым — пащэмрэ IэщхьэпцIанэу хамэщIым къихута щIалэмрэ куэдрэ зэпэщIэтыфынт? Ипхъу Хьидэ щхьэгъусэу къритащ адыгэ щIалэм, иужькIи и хэкумкIэ зэи къригъэплъэкIакъым, зы письмо кIапи къригъэтхакъым. Къулеижьым мылъкуу иIэри ипхъу закъуэри Хьэжмырзэ къритати, абыкIэ псори зэфIэкIауэ къыщыхъурт. Мылъкум, тетыгъуэм ягъэудэфам сыткIэ къыгурыIуэнт щIалэм и гущIэм щIэлъ бампIэр, хэкум, къыдалъхуахэм, и адэжь щIыналъэм зэращIэбэгыр?! Апхуэдэу, гур пхъэррэ лъэр пхъэм дэнауэ щыпсэуащ ар хамэ щIыналъэм. Пащэм и пхъур адыгэ щIалэм щхьэгъусэ къыхуимыщIу щIимыдам щхьэусыгъуэ хуэхъуагъэнщ абыхэм я къуэпсхэр Къэбэрдейм къызэрыщежьэр. Зауэжьым и зэманым, 1840 гъэм, Жылэхьэжхэр Тыркум Iэпхъуауэ щытат, Хьэжмырзэ щхьэгъусэ къыхуащIа Хьидэ а лъэпкъым щыщт. Мис апхуэдэу Хьэжмырзэрэ хъаныпхъумрэ унагъуэу тIысыжри, къуэбынщэбын зэдэхъуащ. Щыпсэу Тыркум къикIыу хэкум къэкIуэныр хузэфIэмыкIыххэ щыхъум, Хьэжмырзэ, и унагъуэр щIыгъуу, Иорданием Iэпхъуащ, визэ Iуэхухэр абы щызэфIэбгъэкIыныр нэхъ тыншти. АдэкIэ лъэпкъыр зэпыщIэжа хъури, Назим къызэрыкIуа, хиша гъуэгум ирикIуащ и лъэпкъэгъухэр. Ари жыIэпхъэщи, Назим IэнатIэфI иIыгъыу, IэфIыкIэ щащI лъэщапIэшхуэ IэщIэлъу, тыкуэн пщIы бжыгъэхэр иIэу псэуащ. Езыр япэ дыдэу къыщыкIуам, и адэ шыпхъухэр ишэну хуейуэ, визэхэри къахуихьа щхьэкIэ, абы щыгъуэм апхуэдэ Iуэхухэм тегушхуэгъуафIэтэкъыми, иракуфакъым. Илъэс куэд дэкIыжа нэужь, хамэ къэралхэм уихьэнри нэхъ тынш хъури, Къуршэхэ ящыщхэр мызэ-мытIэу щыIащ Назим деж. Къуршэхи я закъуэкъым — Къэрэшей-Шэрджэсым икIыурэ куэд щыхьэщIащ а щIалэм и унагъуэ угъурлым икIи адыгэ хабзэрэ бзыпхъэрэ зыдэлъ жьэгум дэтхэнэри зыIэпишэу, ягури я псэри кIэрыпщIауэ къэкIуэжхэрт. Езы Назим и лъэныкъуэкIэ къикIыу иужьрей дыдэу лъэпкъым щыщу Кавказым къэкIуар и къуэращ, къэфакIуэ гупым щIыгъуу. Абы Къэбэрдейм щыщ пщащэ щхьэгъусэ ищIщ, нысашэшхуи хуащIри кIуэжауэ щытащ. Ауэрэ, псори зэзыпха нэхъыжьхэм ящыщу хэти дунейм ехыжащ, хэти и лъэ щIэхуащ. Дунейм ехыжащ езы Назими, и анэри, и шыпхъухэри. ИджыкIэ хамэщIым къинауэ мэпсэу и къуэшыр, Назим и бынхэр. АтIэ, дауэ хъуа а псор зипкъ къикIа Бетыгъуэн Мац и Iуэхур? Ар Тыркум къинащ. Назим къазэрыжриIэжауэ щытамкIэ, Мац къулей дыдэу псэуащ, унэ зэтетхэр, тыкуэн 17 иIэу. Ауэ унагъуи быни иIакъым, мылъкуу иугъуеяр къэралым ищтащ, ахэр къызыхуигъэнэн къызэрыщIэмынам къыхэкIыу. Зэман жыжьэм и теплъэгъуэ гъэщIэгъуэн къытхуэзыIуэтэжа Жу Фаризэти, сурэтхэр къытIэрызыгъэхьа Жу Мыхъутари, хъыбарыр нэхъри IупщI къытхуэзыщIа Къуршэхэ Татыми Лили (Пакъэ и щхьэгъусэщ) фIыщIэшхуэ яхудощI, адыгэцIэр ямыгъэпуду лъэ быдэкIэ хамэщIым ита ди лъэпкъэгъухэр хъыбарыншэ мыхъуным зэрелIэлIам папщIэ. Зытхыжар ТУАРШЫ Ирэщ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27747.txt" }
Адыгэхэм къытхужаIахэр Адыгэм деж еблэгъа хьэщIэр къыщIыхэщтыкIын щыIэкъым — ар быдапIэм ис пэлъытэщ: и хьэщIэр ихъумэурэ, бысымым и гъащIэр итыфынущ. ЩригъэжьэжкIэ, шу гъусэ хуимыщIауэ бысымым хьэщIэр гъуэгу тригъэхьэжынукъым. Гъуэгу тригъэхьэжа хьэщIэм зыгуэр къыщыщI хъужыкъуэмэ, абы илъ имыщIэжауэ, адыгэр етIысэхынукъым. Паллас Петр-Симон. Германие. 1793 гъэ Зауэм щыIухьэкIэ, адыгэхэм и Iэщэ-фащэ нэхъыфI дыдэмкIэ зызэщIаузадэ. И Iэщэрэ и фащэкIэ ар лъэпкъ куэдым къахощ, Азием дэнэ къэна, Европэми щыслъэгъуакъым шэрджэсым и Iэщэмрэ и фащэмрэ нэхъ дахэрэ нэхъ Iэрыхуэрэ. Хъан-Джэрий. 1840 гъэ ЩIэджыкIакIуэм и усэ КуэдкIэ дыфщогугъ Зэрыадыгэм иригушхуэу, Адыгэхэр зэбгъэдэсат, ЩIэблэр я куэду, я мылъкур хъушэу, Я щIышхуэ пшэрым тхъэжу исат. АдыгэщIыр хамэм еубыдри, Я нэхъ лъэрыхьхэр хэкум йокIыж. Я къэна мащIэр бампIэм еIэтри, ПсэупIэ лъыхъуэу зэбгрокIыж. ЗэфIэкIуэдауэ кIыфIым хэтами, Лъэпкъыр ерыщу зэрыщIэжащ. Удыну хьэлъащэхэр къытехуами, Гугъэр иIыгъти, зиужьыжащ. Уей, ирефIакIуэ адыгэр ену, ГуфIэгъуи гуауи зэхуэсыжыфу. Зыкъуреувэ лъэпкъым и быныр, Хэкушхуэ дахэр ихъумэжыфу. ДолъэIур лъэпкъыр Алыхьу лъапIэм Унафэ пэжым дыщIигъэтыну. Нэр зэрихъумэм ещхьу и напIэм, Дунейр мамыру тхущигъэтыну. Жагъуэгъуу диIэр дэ къыдэубзэу, Зэран тхуэхъуну къыттемыгушхуэу, Ди пшынэ Iэпэхэр зэдэбзэрабзэу, Дигъэпсэуну лъэпкъыр дыгушхуэу. ХамэщIхэм зэкIэ щыпсэу ди къуэшхэм Хэкум узыншэу къагъэзэжыну. Зы лIым и быну батэр ягъэшу, Хэкум и щIыхьыр къаIэтыжыну. Бекъул Мухьэмэд. Кэнжэ къуажэ Сурэтхэм тхыдэм дыхашэж Коссак Войцех дегъэцIыху «Дунейм щыщыIэу пIэрэ зы щIыналъэ гуэр, Уи къупщхьэр нэмысауэ, си лъэпкъ гуей?» «Черкесы на Краковском предместье» Дунейм щикъухьа адыгэ лъэпкъым и хъыбаррэ и цIэр къызыхэщыж Iуэхугъуэу куэд дыдэм урохьэлIэ. Абыхэм зыщыбгъэгъуэза нэужь, наIуэ пщохъу лъэпкъым тхыдэ бей зэриIэр. Мы зэманым ди деж къэсыжауэ дызэрыгушхуэ тхыдэр лъэпкъым и къекIуэкIыкIам и зы Iыхьэ къудейщ, къэттIэщIыжын хуейр гъунэжщ. Гу зылъытапхъэхэм ящыщщ сурэтыщI цIэрыIуэ куэдым адыгэхэм траухуа я IэдакъэщIэкIхэр. А сурэтхэм языхэзми тхыдэ зырыз иIэжщ. «Сурэтхэм тхыдэм дыхашэж» зыфIэтща рубрикэм щIэт тхыгъэхэмкIэ нэIуасэ фыхуэтщIынщ ди лъэпкъым къытраухуа сурэтхэмрэ абыхэм япыщIа хъыбархэмрэ… Иджыблагъэ Интернетым дыщрихьэлIащ адыгэхэм ятеухуа зы сурэт. КъызэрыщIэкIамкIэ, ар зи IэдакъэщIэкIым а зыракъым ди лъэпкъыр къызыхэщу иIэр. Зи гугъу тщIыр Польшэм и сурэтыщI цIэрыIуэ Коссак Войцехщ. Ар зыщыщ лъэпкъыр а къэралым и щэнхабзэм хуабжьу щыцIэрыIуэщ. Езым и гугъу тщIынщи, сурэтыщI IэщIагъэм щыхуеджащ Краков, Мюнхен, Париж къалэхэм. И сурэтхэм я нэхъыбэм къыщыгъэлъэгъуар зауэ теплъэгъуэщ. Абы и щхьэусыгъуэр езы Войцех уланхэм, австро-венгрыдзэм хэту зауэ куэдым зэрыхэтарщ. Арагъэнщ абы и сурэт-панорамэ «Рацлавице», «Березина», «Египетский поход Наполеона» жыхуиIэхэр дуней псом цIэрыIуэ щIыщыхъуар. Войцех и творчествэм и зы къудамэщ адыгэхэм ятеухуа сурэтхэр: «Черкесы на Краковском предместье», «Черкесы на Новом Свете», «Черкес, скачущий галопом», «Удар мамлюков» жыхуиIэхэр, нэгъуэщIхэри. Ипэу зи цIэ итIуа сурэтитIым теухуауэ Интернетым куэд щызэдауэу урохьэлIэ. Языныкъуэхэм трагъэчыныхь абы итыр къэзакъыу: «Ар урыс генералым и гъусэ къэзакъхэращ, Польшэм а зэманым адыгэхэр дэнэ къыщикIынт?» — жаIэ. А упщIэм жэуап еттынщи: сурэтым итри зытеухуари адыгэхэращ. Адыгэхэр Польшэм къызэрыщыхута щIыкIэрщ, Войцех и сабиигъуэм ахэр илъагъу, иужькIэ и сурэтхэр триухуэ щIэхъуа щхьэусыгъуэращ мы тхыгъэр зытедухуар. «Черкес, скачущий галопом» АтIэ, дэнэ адыгэхэр Польшэм къыздикIар? Мы упщIэм и жэуап япэу щыдгъуэтар 16-нэ лIэщIыгъуэращ. Абы щыгъуэм Украинэр, Литвар, Беларусыр Польшэм хыхьэу щытащ. А зэманым украиныпщ Вишневецкий Димитро (мыр иужьым Польшэм и пащтыхь хъуауэ щыта Вишневецкэ Михаил и адэшхуэщ) Урысейм къулыкъу хуищIэу кърым тэтэрхэм езауэу щытащ. Вишневецкэрауэ къалъытэ запорожскэ къэзакъхэм я лъабжьэр зыгъэтIылъар, езыри япэ къэзакъыу ятх. Дауэми, Грозный Иван абы и ехъулIэныгъэхэр елъагъури, Къэбэрдей щIыналъэм дзэпщу къегъакIуэ. Пщы Димитрорэ абы и къэзакъхэмрэ Къэбэрдейм къокIуэри, адыгэхэм ядэгъуэгурыкIуэу, я ерыскъы зэхэлъу куэдрэ къулыкъу щещIэ. А зэманым абы ныбжьэгъу пэж куэд щегъуэт Къэбэрдейм. Апхуэдэу къекIуэкIыурэ, 1561 гъэм Грознэр Польшэм теуэну мурад ещI. АбыкIэ мыарэзы Димитро и хэкум егъэзэж, и лъэпкъыр фIыуэ зэрилъагъур, цIыху щыпкъэу зэрыщытыр къигъэлъагъуэу. Димитро и гъусэу макIуэ адыгэ уэркъхэм ящыщ зыбжанэ. Грознэм ар щызэхихкIэ, абыхэм къамыгъэзэжыфыну, укI ятрелъхьэ. Абы къыдэкIуэу, Польшэм и пащтыхь Сигизмунд II Август и къэралым Iэпхъуэну ирегъэблагъэ Димитро и ныбжьэгъуу щыта адыгэпщ зыбжанэ. 1562 гъэм Iуащхьибл хэгъуэгум (иджырей Пятигорск) щыпсэу къэбэрдеипщи 5-м заIэтри, я унагъуэхэмрэ уэркъхэмрэ я гъусэу Польшэм мэIэпхъуэ. Иджырей Польшэм и тхыдэджхэм зэрыжаIэмкIэ, уэркъхэм я бжыгъэр 300-м нэсырт. Польшэм Iэпхъуащ: Черкасскэхэ Къасым, Гаврилэ Къамболэт и къуэхэр, Черкасскэ Жумыкъуэм и къуэхэу СулътIанрэ Темрыкъуэрэ, Къудадэч Александр — къухьэпIэ Шэр-джэсым ипщ Сибокъу Васул Къанщаукъуэ и къуэр. Грознэр хуеящ ахэр къишэжыну икIи Польшэм игъэкIуащ и дзыхь зригъэз Клобуков Алексей, ауэ адыгэпщхэр къыхуэкIуэжакъым. Адыгэпщхэр польскэ пщыхэм хуагъадэ, абыхэм къыхуагъэфащэ герб щхьэхуэхэр. А зэманрауэ къалъытэ Польшэм и гербхэм, бэракъхэм мазэ ныкъуэрэ вагъуэхэмрэ къыщытехутар. Польшэм и лъэпкъ бэракъ куэдым тет хъуащ (псалъэм папщIэ Польшэм и пщыхэм, уеблэмэ Мазепэ и бэракъым) «Т» хьэрф зэпыгъэзауэ жор щIыкIэу щIыжам мазэ ныкъуэ къыщIэтыжу, иныкъуэхэм деж вагъуи и гъусэу. Аращ Войцех и сурэтхэм («Черкесы на Краковском предместье», «Черкесы на Новом Свете») деж адыгэхэм бэракъ яIыгъым жор щIыкIэу щыт нагъыщэ щIытетыр. «Черкесы на Новом Свете» Дауэми, СулътIанрэ Темрыкъуэрэ «пятигорские хоругви» зыфIаща польшэдзэм и полк щхьэхуэхэм я унафэщI мэхъу. Полякхэм ямы- щIэу щыттэкъым адыгэхэр зауэлI нэсу зэрыщытыр. ИкIи, иужьым, я лIыгъэкIэ, щхьэмыгъэзагъымкIэ ди лъэпкъэгъухэр абы щапхъэ техъуэжащ. Псалъэм папщIэ, 1572 гъэм мэлыжьыхьым и 13-м, тырку-дзэшхуэр Молдовэ деж Польшэм и дзэм къыщытеуэм, полякхэм загъазэри, гужьеяуэ щIэпхъуэжауэ щытащ. Абыхэм утыкум кърана Темрыкъуэ, и полкыр и гъусэу, бжьизкIэ икIуэтакъым, зэрытыркудзэу къыщытезэрыгуэми яхуэгъэхъеякъым. Ди лъэпкъ зауэлIхэр тыркудзэ псом езэуащ, полякхэм ягу къызэрыгъуэтыжыху. Адыгэхэм тыркудзэр къафIэмыкIыфу щалъагъум, полякхэм зауэ губгъуэм ягъэзэжауэ щытащ. Апхуэдэ лIыгъэ куэд зэрихьащ Темрыкъуэ. Польшэм и сеймымрэ пащтыхьымрэ щапхъэу къахьырт абы и лIыгъэр, езы Польшэм ипщхэм нэхърэ нэхъ яIэтырт, Латвием, Киев, Подольск щIыпIэхэм деж хапIэшхуэхэр, мэкъумэшыщIэ мин 50 къратауэ щытащ. Зэман докIри, адыгэ пщитхум лъабжьэ быдэ щагъэтIылъ Польшэ къэралыгъуэм, пщIэрэ щIыхьрэ щагъуэт, я псалъэхэмрэ чэнджэщхэмрэ къыщIэдэIуу щIадзэ. Ахэр щыпсэуар зыхуэзэр Украинэм и Подолие хэгъуэгуращ. Тхыдэм зэрыхэтымкIэ, илъэс къэс хэкужьым икIыурэ адыгэ куэд абыхэм я деж кIуэрт къулыкъу ящIэну. Илъэс зыбжанэ докIри, Польшэм и дзэм и къудамэ нэхъыщхьэ мэхъу адыгэхэр. Шэрджэс полкхэр хэтащ Польшэр Уэсмэн къэралыгъуэм, Кърым хъанхэм, Швецием щезауэм, Собесский Ян Ещанэм и дзэм Венэ деж 1683 гъэм уэсмэныдзэшхуэр щыщызэтрикъутам. ХVII лIэщIыгъуэм адыгэ шуудзэ къудамэхэр хэтащ литовскэдзэм. Адыгэпщхэр дипломату яIащ Речь Посполитая федерацэмрэ Кърым хъанхэмрэ щызэгурыIуэм. Псалъэм папщIэ, Баторие Стефан и зэманым дипломату иIащ адыгэпщ Къамболэт и къуэ Адриан. Апхуэдэурэ къокIуэкI 1795 гъэм нэс. Абы щыгъуэм къэралыгъуищым — Урысейм, Пруссием, Австрием — Польшэр къазэури, щыуэ ягуэшыж. Адыгэхэм я нэхъыбэр зауэм хокIуадэ, къэнэжахэр польскэ, украинскэ, тэтэр полкхэм яхошыпсыхьыж. Арами полкхэм я фащэр, зыхуэпэкIэр ягъэкIуэдауэ щытакъым. Иджырей польскэ тхыдэджхэм къыхагъэщ Польшэм и дзэм сыт и лъэныкъуэкIи зиужьыным адыгэхэр зэрыхэлIыфIыхьар, зэхъуэкIыныгъэ куэдыкIей абы зэрыхалъхьар. Польшэм и дзэм и зэхэлъыкIэри, зыгъэсэкIэри зэтезыгъэпсыхьэр адыгэхэрат. Абыхэм я фащэхэр: тажхэр, афэ джанэхэр, Iэщэхэр адыгэ хэкужьым ирашырти, Польшэм яшэрт. Адыгэпщхэм я зыхуэпэкIэм, зыщIыкIэм щапхъэ трахырт полякыпщхэм, уеблэмэ пащтыхьым. Ар псори ятхыж польскэ тхыдэджхэм. Уеблэмэ, Собесский Ян адыгэ цей щыгъыу, адыгэшхэм тесу щытащ. Речь Посполитэр ягуэша и ужьи, абы къина адыгэхэм куэдрэ ягъэгъуэщакъым къызыхэкIахэр. Варшавэ дэт университетым щылажьэ, тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор Граль Х. зэритхыжымкIэ, нобэр къыздэсым Польшэм щыбгъуэтынущ адыгэ кхъэжьхэр. Дауэми, Речь Посполитая щIыгум и нэхъыбэр къызылъыса Урысейм щIэгъэкъуэн ещI адыгэхэр. Сыту жыпIэмэ адыгэхэм пщIэшхуэ щаIэт а хэгъуэгум, абы къыдэкIуэу, къэбэрдеипщхэмрэ Урысеймрэ зэпыщIэныгъэ быдэ яIахэри сэбэп мэхъу. Польшэ пащтыхьыгъуэм деж Урысей пащтыхьым и властыр щигъэбыдэнымкIэ куэду къегъэсэбэп абдеж лъабжьэ быдэ щызыгъэува адыгэхэр. АбыкIэ Iэмэпсымэ нэхъыщхьэу иIэр шэрджэс эскадронращ. Ар къызэрагъэпэщ ХIХ лIэщIыгъуэм и 20 гъэхэм и кIэм. ИужькIэ абы фIащыж шууей-бгырыс дивизионыцIэр. Мы дивизионращ Урысейм и «IэштIыму» Польшэ пащтыхьыгъуэм деж щиIар, 1830-1831, 1863 гъэхэм къэхъуа зыкъэIэтыныгъэхэр зэригъэсабырыжар. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, зауэ куэд къызэзынэкIа адыгэ шуудзэр къару лъэщт, абы къыпэлъэщынрэ хуэмыгъэдэIуэнрэ а зэманым а хэгъуэгум щыIакъым. А зэманращ Войцех и сурэтхэм лъабжьэ яхуэхъуа теплъэгъуэхэр и нэгу щыщIэкIар. Абы щыгъуэм ар илъэсиблым иту арат, ауэ сабийм и гъащIэ псом щымыгъупщэжыну игу ириубыдащ зыкъэзыIэтахэр зыгъэсабырыжыну къалэм къыдэзэрыгуа адыгэ шуудзэр. Фоч кIэщIхэр драгъэуейуэ, сэшхуэ къихауэ, щхьэмыгъазэу къалэм къыдэлъэда шууейхэм ягъэшынэри, зыкъэзыIэтахэм я нэхъыбэр зэбгрыжыжауэ щытащ, зауэ-банэ хэмыту. А псори нэгъэсауэ Войцех и сурэтхэм къыщигъэлъэгъуэжащ. ГъэщIэгъуэнщ, ауэ тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, Польшэ пащтыхьыгъуэм къулыкъу щызыщIахэм ящыщщ Нэгумэ Шорэ. Тхыдэм зэрыхэтымкIэ, 1831 гъэм щIышылэм и 31-м ар гвардейскэ корпусым хагъэхьэри, мазаем Польшэм макIуэ. Хъан-Джэрий и унафэм щIэту, ахэр хэтщ Остен-Сакенэ бароным, генерал-лейтенантым и гупым. Блинкэ щIыпIэм деж зыкъыщызыIэтахэм яхуэзэри, Нэгумэ Шорэ зыхэта гупым ахэр зэбграхуащ, ягъэсабырыжащ. Мэкъуауэгъуэм и 16-м щыщIэдзауэ, бадзэуэгъуэм и 4-м нэс Нэгумэр хэтащ Гелгуд Антоний генералым и гупыр ирахужьэу, прусскэ гъунапкъэм нэс зыхуахэм. Жэпуэгъуэм и 3-м ар хохьэ Кавказ полуэскадроным, 1832 гъэм и мазаем Бытырбыху къокIуэж. А зауэхэм хэтауэ тхыдэм къыхощыж: уэркъ Уэщрыуэ Ехье, Анзор Хьэбыж, Варшавэ деж прапорщик цIэр къызыхуагъэфэща Андырыхъуей Абдурэхьмэн, корнет Къунащ Умар, Къэсей Дохъушокъуэ, Хьэудэ Захар сымэ. 1846 гъэм шыщхьэIум и 30-м зи къулыкъу зыухыу хэкужьым къэзыгъэзэжахэм яхэтащ: Къуэжьокъуэ Щауэбий, Мудран Заурбэч, Щоджэн Умар, Дэхъу Абазэ, Гъубжокъуэ Исхьэкъ, ЛъытI Мусэ, ГъукIэжь Алий, ХьэщIэлI Умар, ХьэтIохъущокъуэ Къазий, Мысост Мыхьэмэт сымэ. Дэфтэрхэм къыхощыж Польшэм къулыкъу щащIэну ягъэкIуэну зи цIэр ятха къэбэрдей уэркъхэу: МафIэнэ Бэчмырзэ, Ерчэнхэ Мэтджэрий, Мыхьэмэт сымэ. Къулыкъу зыщIахэм яхэтщ уэркъхэу: корнет Къармэ Бэчмырзэ, майор Къарэмырзэ Къасболэт; ротмистрхэу — Ло Щыхъым, Лий Кушыку, Iэхъуэжакъуэ Талъостэн; орден зыбжанэ къызыхуагъэфэщахэу — штабс-ротмистр Уэлэгъей Дэхъушокъуэ, штабс-ротмистр Сид Пщымахуэ, полковник Брыкъуэ Бынагъуэ сымэ. АрщхьэкIэ, дзэ къулыкъур иужьым полицэ лэжьыгъэм хуэкIуэжу щыхъум, апхуэдэ пщэрылъхэр, я щхьэ ирамыпэсу, адыгэхэм ядэжакъым Польшэм кIуэн. Иужьым, адыгэхэр здэмыкIуэж шууей эскадроныр ирагъэкъун папщIэ, нэгъуэщI Кавказ лъэпкъхэм щыщхэри къэзакъхэри Польшэм яшэу щIадзащ. Дауэ щымытми, адыгэхэр Польшэм и тхыдэм пщIэ яIэу къыхэнащ, къэралыгъуэм и тхыдэм увыпIэфI щаубыдащ. БЕМЫРЗЭ Зураб. Черкесск къалэ «Шэрджэсым и аслъэнкIэ» еджэрт Кавказ зауэм и лIыхъужь Хьэжы Къазбэч. Сурэтыр Бёлл Джеймс ищIащ. 1840 гъэ
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27752.txt" }
Кавказ зауэр щиуха махуэм Къуэбыдэ къращIыкI репортаж 1864 гъэм накъыгъэм и 21-м дунейр уфауэ, кIагъэпшагъэу, къепсэпсауэу нэху щащ. Къуэбыдэ (Мзымтащхьэ), убыххэм я лъахэм щиувыкIа дзэм я гуфIэгъуэт: Кавказ зауэр иухат, абы и саулыкъукIэ Къуэбыдэ нобэ парад щекIуэкIынут. Урыс пащтыхь Александр ЕтIуанэр абазэхэхэмрэ шапсыгъхэмрэ яIуощIэ. Сурэтыр Горшельт Теодор ищIащ. 1861 гъэ Махуэр сыхьэт 11 хъуащ. Iуащхьэм къытеуващ Кавказым и тет дзэпщышхуэр — урыс пащтыхьым и къуэш Михаил Николаевич. Абы къыбгъэдэтт генералхэр, офицерхэр, Георгий орденыр зратахэр. Тхьэ елъэIуа нэужь, дзэпщыр Iуащхьэм къехри, адэ-мыдэкIэ щиувыкIа полкхэм, батальонхэм, шуудзэхэм фIыщIэ яхуищIащ, «мыхьэнэ ин дыдэ зиIэ Iуэху хьэлъэр зэрызэфIагъэкIам папщIэ». Дзэпщым жиIащ: «ГуфIэгъуэм сызэщIиIэтэу, фи лIыгъэм и пщIэр слъытэу, Кавказ армэм и дзэлI хахуэхэм сынывохъуэхъу… Кавказ зауэм кIэ зэригъуэтамкIэ. Зауэм къыщывгъэлъэгъуа фи лIыгъэмкIэ, гугъуехьым фыпэлъэщурэ, фэ къулыкъу ин дыдэ хуэвлэжьащ Пащтыхьымрэ Адэ лъахэмрэ: къурш быдапIэхэми, бгырыс хъыжьэхэми, уаеми, хуабэвэхми фыкъызэтрагъэувыIэфакъым фэ, псори фшэчащ, псори къызэвнэкIащ, лъы вгъажэ зэпытурэ, икIи фи мурадым фылъэIэсащ. ФIыщIэ хузощI ди Iуэхур къыдэзыгъэхъулIа ди Тхьэшхуэм! Адэ хэкум пщIэрэ щIыхьрэ къыфхуещI фэ, Кавказыр къэзызэуа лIыхъужьхэм! Мы нобэрей гуфIэгъуэмрэ мы дакъикъэ телъыджэмрэ ямылъэгъуауэ зауэм хэкIуэда фи ныбжьэгъухэм я фэеплъыр мыкIуэдыжынщ!» Къуэбыдэ щиувыкIа дзэр щыгъуазэ ящIащ император Александр ЕтIуанэм къигъэхьа хъуэхъуми: «Си гум къыбгъэдэкIыу фIыщIэ яхузощI текIуэныгъэ иныр къытхуэзыхьа дзэпщхэм, офицерхэм, зауэлIхэм. Абыхэм зэрахьа лIыгъэм срогушхуэ сэ». Кавказ зауэм «лIыгъэ щызезыхьахэм» я пщIэр текIуэдакъым урыс пащтыхьым. Дзэпщым, Михаил Николаевич, къратащ Георгий орденым и 2-нэ нагъыщэр, налкъутналмэскIэ гъэщIэрэщIа сэшхуэ, «Кавказ зауэр зэриухам и щIыхькIэ» псалъэр тетхауэ. Пащтыхьыр «и къуэш хахуэм» ехъуэхъуащ «илъэсищэрэ щэ ныкъуэрэ и пэкIэ бгырыс Iэлхэм зэхаубла лъыгъажэ зауэм кIэ зэрыритам щхьэкIэ». «Нобэ щыщIэдзауэ, — ехъуэхъуащ пащтыхьыр и къуэшым, — Кавказым зы лъэпкъ жыIэмыдаIуэ къинэжакъым». Кавказ зауэм хэта псоми пащтыхь унафэкIэ къратащ абыхэм хуащIа жорхэмрэ медалхэмрэ — бгырысхэм я лъахэм щагъэжа лъымрэ щызэрахьа «лIыгъэмрэ» я уасэу. Георгий орденым и 2-нэ нагъыщэр къратащ граф Евдокимовым. Абыи къехъуэхъуащ пащтыхьыр: «Илъэсищэрэ щэ ныкъуэкIэ дызыхэта зауэ гуащIэм кIэ езытар уэращ, уэ пхузэфIэкIащ щIыналъэ дахэр бгырыс Iэлхэм къаIэщIэпхын…» Дамыгъэ лъапIэхэмрэ фэеплъ бэракъхэмрэ иратащ адыгэ лъахэм лъы щызыгъэжа полк, батальон, шуудзэ псоми. ЭСАДЗЕ Семен. 1861 гъэ, накъыгъэм и 21 IэнатIэ хэплъэгъуэ Къэбэрдей Лъэпкъ Хасэм и пащхьэм ХьэтIохъущокъуэ Исмел 1805, 1806 гъэхэм щыжиIа псалъэ ХьэтIохъущокъуэ Исмел адыгэ лъэпкъ цIэрыIуэм къыхэкIащ, 1787 — 1791 гъэхэм екIуэкIа урыс-тырку зауэм и ужькIэ, епщыкIуиянэ лIэщIыгъуэм и кIэухым щыщIэдзауэ дунейм ехыжыху, Къэбэрдейм къыщыхъуа Iуэху псоми хэтащ, и цIэр нобэр къыздэсым адыгэхэм ящыгъупщакъым. Илъэс тIощIым нэсащ сэ хэкум пэIэщIэ сызэрыхъурэ. 1794 гъэм пIалъэ кIэщIкIэ сыкъыфхыхьэжауэ зэрыщытам и гугъу сщIынкъым. Си хэкум и Iуэху зытетым щыгъуазэ зыхуэсщIыным сыхунэмысауэ, си насыпыншагъэм къыдэкIуэри, абы щыгъуэ сыфхэкIыжауэ щытащ. Си щхьэкIэ къызэуэлIа псом сытепсэлъыхьынкъым, сыту жыпIэмэ сэ сезыгъэзыр си псэм и щIасэ си хэкур нобэ зыIут IэнатIэрщ, сызыхуэлажьэри абы и фейдэ зыхэлъымрэ тыншыгъуэ зэриIэнымрэщ. Си хэкум сэбэп сыхуэхъун мурадкIэщ сэ унэм сыщIикIари, ди лъэпкъ цIэрыIуэм сыхэсыжатэмэ, гухэхъуэгъуэу сиIэнкIэ хъуну псори къыщIызэзнэкIари, гъащIэм и IэфIыгъэкIэ къызэтэ щIалэгъуэм сыщIемыблари. А псори IэщIыб щIэсщIар, вжызоIэ сэ, щIэныгъэм зезыгъэузэщIа, цIыхур зэгурызыгъэIуэфын хабзэхэр зэзыгъэпэщыфа лъэпкъхэр зэзгъэцIыхун щхьэкIэщ. Си лъэпкъэгъухэм фIыгъуэ къезгъэуэлIэн папщIэ, бжьэм хуэдэ сыхъуным сыщIэкъуащ сэ, сэбэп хъупхъэр зыщIэскъуэурэ си хэку лъапIэм къисхьэныр си хъуэпсапIэти. Зи пщIэр лъагэ тхьэмадэхэ, фэ фпэIэщIэ сызэрыхъуар сигу къеуэми, ар зыхуэзгъэшэчащ, сыкъыфхыхьэжа нэужь, зыгуэркIэ сэбэп сыхъуфмэ ар сэркIэ зэрынасыпым шэч къытесхьэртэкъыми. Къэзгъэзэжауэ сыфхэтщ нобэ. Ауэ сыт сэ сыкъызрихьэлIэжар, ди Тхьэ! Си лъахэм и унэхъугъуэ махуэр си нэгу щIэбгъэкIын щхьэкIэ, ди Тхьэ, уигу къыщIызэбгъар!.. Насыпыншагъэу къывэуэлIа псор фи деж щыслъагъуркъым сэ. Ар сигу къызэреуэр вжесIэу аращ. СывэупщI къудейщ: щхьэ ехуэха къэбэрдей лъэпкъым и пщIэмрэ и щIыхьымрэ? Хэт ар зи лажьэр? Пщыхэми, уэркъхэми, зэрылъэпкъыуи щхьэ зыщывгъэгъупща хэкум и хуитыныгъэмрэ абы зегъэузэщIынымрэ нэхъ лъапIэ щыIэнкIэ зэрымыхъунур? Ижь лъандэрэ пщIэрэ щIыхьрэ зиIа ди лъэпкъыр зэрыхэкIуэдэжыр флъагъуркъэ? Фигу къеуэркъэ ар, жызоIэ! Хьэуэ, КъурIэным сытеIэбэурэ тхьэ фхуэсIуэнщ гукъанэ фхуэсщIын мурад сызэримыIэмкIэ. Щхьэж и гукъанэ ирырекъухи, Тхьэм девгъэлъэIу ди лъэпкъым фIыгъуэ хуэдлэжьыфын щхьэкIэ, гуащIэрэ акъылрэ къытхилъхьэну. Ди адэм и унафэм седаIуэри, си гум къыщIитхъыу сикIауэ щытащ сэ ди хэкум. Урысейм сыкIуащ, сфIэмыфIми. Я хабзэри сигу техуэртэкъым сащыхыхьагъащIэм. Гугъу сыдехьурэ зэзгъэщIащ я бзэр, ар зэзгъэщIа нэужьщ я хьэл-щэнкIэ нэхъ щысцIыхуар. Дэ тхэмылъ куэд ядэслъэгъуащ абыхэм, ядэслъэгъуащ дэ зэдмыгъэкIу куэди. Урысейр къэралышхуэщ, щIэныгъэм зыщиубгъуащ, зеужь. Урыс къэралыр къулейщ, и къарур, и гуащIэр инщ, цIыху мелуан щэщIрэ хырэ исщ абы икIи, пащтыхьыр хуеймэ, а цIыху бжыгъэм и Iыхьэ щанэр зауэлI хуэхъунущ. Къэрал лъэщым дыщригъунэгъукIэ, ар къызэрытхуэщхьэпэным и ужь дитын хуейщ дэ, ди щхьэр тхъумэжын папщIэ. Фи фIэщ фщIы, си лъэпкъэгъу лъа- пIэхэ, ди акъыл дитыжмэ, ди гъунэгъу лъэщым и ней зыщыдгъахуэ зэрымы-хъунур. Ди гум зэи имыху ди адэжь Iущхэм я уэсятщ а къэрал лъэщым и жьауэм дыщIэтын хуейуэ. Фэри зэрыфщIэщи, динкIэ ди благъэ Тырку къэралыр къарууншэ дыдэ хъуащ… Персхэр муслъымэнщ, ауэ я лIыщхьэхэр зэгурыIуэркъым, зы унафэ яIэкъыми, зыр зым щыхьэжауэ зэрошх. Дэри дызыпэмылъэщынум дыпэуври, ди щхьэр хэтлъхьащ, ди пщIэри ехуэхащ. Акъыл зиIэмрэ и хэкур фIыуэ зылъагъумрэ къыгурыIуэнщ дыщыунэхъуну махуэр къызэрыблэгъар. Зи щIыхьыр лъагэ хасэ, дэ псоми долъагъу икIи зыхыдощIэ ди хуитыныгъэр тфIэкIуэдынкIэ шынагъуэ зэрыхъуар. Апхуэдэ насыпыншагъэр, и щхьэр течауэ жысIэнщи, зи лажьэр дэращ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ дэ, уеблэмэ зэунэ-къуэщхэми, ди акъыл зэтехуэркъым. Абы къыхэкIкIэ ди лъэпкъри зэкъуэткъым, псори зэзыгъэдэIуэн тхьэмадэ диIэжкъым. Пщы щIалэхэр нэхъыжьхэм едэIуэжыркъым, я нэр щIалагъэм къыщепхъуэри, гу лъатэркъым ди лъэпкъым и кIуэдыжыгъуэр къызэрыблэгъам: щхьэзыфIэфIхэм я зэранкIэ лъэпкъым къытохуэ ди гъунэгъухэм я губжьыр, дяпэкIи къытехуэнущ, абы дытетынумэ. Гъуэщахэр гъуэгу захуэ тришэжын щхьэкIэ, Тхьэм игу къобгъэри егъэунэху ахэр, ар зэхамыщIыкIмэ, нэхъри къахуогубжьри, и ней къащохуэ. Ди бегъымбарыращ ар жызыIар. насыпыншагъэм фыхэхуауэ сыкъывихьэлIэжыгъащ зы гъэ сыкъыщыфхыхьэжам, ар къывгурыIуэжауэ гу лъыстэркъым ноби, къывгурыIуэным и пIэкIэ нэхъей фекIуауэ солъагъу, сыфхоплъэри. Тхьэм игу къыдэбгъакIэ шэч сощI иджы: зауэм къытхуихьам ищIыIужкIэ емынэ уз бзаджэм ди лъэпкъым и зэхуэдитIыр икIуэдыкIащ. И нэр исыжкъым дэ дызыхэт тхьэмыщкIагъэр зымылъагъум, и щхьэр зэкIуэкIащ Тхьэр къызэрытхуэгубжьам гу лъызымытэм. Фи фIэщ фщIы, пщIэ зыхуэсщI си лъэпкъэгъухэ, ди Iуэхур абы куэдрэ тет зэрымыхъунур. ДызэрызэгурымыIуэм, ди акъыл зэрызэтемыхуэм и зэранкIэ си лъахэ насыпыншэр хэкIуэдэжауэ Тхьэм симыгъэлъагъукIэ — абы дынэсащ дэ. Тхьэм симыгъэлъагъукIэ абы лъапсэкIуэдыр къыхуэкIуауэ, ди нэхъыжьхэр, ди цIыхубзхэмрэ ди сабийхэмрэ, зэщIэгъуагэу, гузэвэгъуэр ятелъу, бийм гъэрыпIэм щрихуэну махуэ мыгъуэм Тхьэм дыщихъумэ. Апхуэдэ шынагъуэр къызэрытщхьэщыхьар зыхэсщIэрти, аращ Бытырбыху зи ужь сыщита Iуэхур къэзгъанэу пIэщIэгъуэкIэ сыкъыщIэкIуэжар. Сэ си нэкIэ слъэгъуащ, щыхьэти сытехъуэфынущ дызыпэува къэралыр къыщичыным зэрынэсам. Сэ слъэгъуащ къыттехьэлъэнкIэ хъуну щыблэм зырызыкъызэщIищIар. ФызэтеувыIэ, лъэпкъ насыпыншэ, фи акъыл фихьэж, фегупсыс дэр нэхърэ куэдкIэ нэхъ лъэщым дыпэлъэщынрэ дыпэмылъэщынрэ, ди щхьэр хэдвмыгъалъхьэ, фызэчэнджэщ мы хасэм кърихьэлIахэр, ди лъэпкъым къылъэIэса шынагъуэр зыщхьэщытха зэрыхъунум и унафэр фщIы. КъурIэным сытеIэбэурэ псом япэ тхьэ сIуэнщ унафэр захуэмэ, цIыхур зыгъэжакъуэ хьэгъапхъэхэм ар ящысхъумэнкIэ — си псэр пытыху, лъы ткIуэпс къысщIэмынэжыху. Ауэ сыныволъэIу, кIыхьлIыхь зывмыщI, шынагъуэр къытщхьэщыхьакIэщ, зэман диIэжкъым. Ди зэман мащIэр къэдвгъэгъэсэбэп, псоми къытхуэщхьэпэн Iуэху икIэщIыпIэкIэ длэжьын папщIэ. Зыщывмыгъэгъупщэ зэрызэгурымыIуэм къыхэкIкIэ къэрал куэд зэрыхэкIуэдэжар, фигу ивгъэлъ лъэпкъ псо дэнэ къэна, уеблэмэ унагъуэ закъуэри, унафэщI Iущ ямыIэмэ, я къарур кIуэщIурэ, зэрыунэхъур… Адыгэхэм къытхужаIахэр И щхьэм и хуитыныгъэм зыри пищIыркъым адыгэм, лей кIэлъызумыхьэмэ, сабийм хуэдэу жыIэдаIуэщ, ухуэткIийми, ухэзэгъэнущ, уемыкъуэншэкI закъуэ, — ар къыпхуидэнукъым. И лIыгъэ тепсэлъыхь хабзэкъым адыгэр, и щхьэ щытхъужынукъым, ауэ нэгъуэщIым лIыгъэ зэрихьамэ, абы щытхъункIэ зигъэнщIынукъым. Лапинский Теофил. ХахуагъэкIэ, IущыгъэкIэ, дахагъэкIэ Тхьэр абыхэм (шэрджэсхэм) къазэрыхуэмыупса къэнэжакъым: а псомкIи ахэр къахощ Кавказым ис лъэпкъхэм. Я хуитыныгъэр зэрахъумэн лIыгъэ яхэлъу къэгъуэгурыкIуащ ахэр ижь-ижьыж лъандэрэ. Оммар де Гелль. Лабэдэсхэм я гъыбзэ Елмэсхъаныр магъ, Хъаний дахэм, а маржэ, кърегъэгъых. Елмырзэ и къуэм къыдищIа лейр Ди ужь къинэм, а маржэ, щремыгъупщэ! Лабэжьурэ тхьэр зыдэбгам Лъы бахъэр, а маржэ, къызэрыдох. ЛабэкIэмкIэ сынеплъыхыжмэ, Сабийхэр, а маржэ, уи псыхьэлъахуэт. Къарэмырзэхэ фи дыщэ бжаблэр Гын Iугъуэм, а маржэ, къыфхуегъэуфIыцI. Джаурыжьурэ зи напэр фIыцIэр Елмырзэ и къуэкIэ Темырболэтщ. Лабэжьмэ я уэздыгъей мэзым Ермолыр, а маржэ, укъыщIотIысхьэ. Щхьэнтэ тIуащIэм тесыгъэ гуащэхэм Дакъэжь тIысыпIэр, а маржэ, ямыгъуэтыж. Уи адэурэ Щоджэн Шумахуэр ИгъащIэми, а маржэ, шыщхьэмыгъазэт. Фоч пэбжкIэ дагъэзыхьари Щоджэнхэ япхъуу Гуащэхъурейт. Лабэжьым дэ дыщыдэсым Жыхафэр, а маржэ, ди шэджагъуакIуэт. Джаурыжьым дыщратыжым Мыжьыкъ алащэм, а маржэ, дыдагъэлъэхъут. Инэралым и унэ лъапIэм ДжыназкIэ сыщызэрашэрт, Си жэщгъуэлъым сыщыхуашэжкIэ Тэрмэшым, а маржэ, сыхуогузасэ. Лабэжьмэ дэ дыщыдэсым Уэркъ щауэхэр, а маржэ, ди дэджэгуэгъут. Джаурыжьым дыщратыжым Драгуныжьхэм, а маржэ, драдэджэгуэгъут. Ермоловым уи топ щхъуантIэжьым Ахъмэтыбгыр, а маржэ, къытхуегъэпсалъэ. Тетыжь бзаджэр къыщыдэпсалъэкIэ Тэрмэшым, а маржэ, дыхуогузасэ. Лабэдэсым фэ фи гуащитIыр Алащэм, а маржэ, дыдагъэлъэхъу, Дэ гуащитIыр дызэблэзыхъур Елмырзэ и къуэкIэ Темырболэтщ. Губжьурэ пщэдджыжь мыгъуэм Дзэ фIыцIэр, а маржэ, дэ къытщIотаджэ. Сабий бынурэ къэмытэджахэр Фоч пащIэкIэ, а маржэ, къыщагъэлъэт. Тажгуэрэ ди дыщэ пыIэр Фоч лъэдакъэкIэ, а маржэ, къытщхьэщакъутэ… Зытхыжар КъардэнгъущI Зырамыкущ. 1960 гъэ. Къэбэрдейм и гъунапкъэхэр XVI — XVII лIэщIыгъуэхэм Хъэзэрым къыщыщIэдзауэ астрэхъан нэгъуейхэм деж нэс Къэбэрдеймрэ Джылахъстэнеймрэ я картэ. XVIII лIэщIыгъуэ Темрыкъуэ и зэманми нэхъ иужькIи Къэбэрдейм и гъунапкъэхэм жыжьэ зыщаукъуэдияуэ щытащ. Абы щыхьэт тохъуэ пасэрей картэхэр. Къэбэрдеймрэ Шэрджэсымрэ я щIы кIапэр зэтехьэу зэрыщытам зыми шэч къытрихьэркъым, нэхъ зэIумыбзыр Къэбэрдейм и къуэкIыпIэ гъунапкъэхэрщ. ХVI — ХVIII лIэщIыгъуэхэм зэхалъхьа картэхэмрэ европей авторхэм къызэранэкIа тхыгъэхэмрэ къызэрагъэлъагъуэмкIэ, Къэбэрдейм и къуэкIыпIэ гъунапкъэр Хъэзэр (Каспий) тенджызым еуалIэу щытащ — Тэрч псыр тенджызым щыхэхуэм деж тетащ къэбэрдеипщхэм я лъэIукIэ урысхэм яухуауэ щыта Тэрч къалэр, абы дэсащ Урысейм къулыкъу хуэзыщIэ адыгэпщхэр; къалэм и хъуреягъкIэ щысащ адыгэ къуажэ зыбжанэ. 1636 гъэм Тэрч къалэ къэкIуауэ щыта нэмыцэ щIэныгъэлI Олеарий Адам итхыгъащ къэбэрдейхэм я щIыналъэр Хъэзэр тенджызым зэреуалIэр. Ардыдэм щыхьэт тохъуэ Броневский Мартин, ХVIII лIэщIыгъуэм и 20 — 30 гъэхэм Шэрджэсым щыIа Лука Джованни сымэ, нэгъуэщIхэри. 1664 гъэм Урысейм къэкIуауэ щыта зыплъыхьакIуэм, Витсен Николай, зэритхамкIэ, «шэрджэсхэм я хэкур Каспий тенджызым нос, ищхъэрэкIэ астрэхъан нэгъуейхэр я гъунэгъущ, ипщэкIэ дагъыстанхэмрэ тарко тэтэрхэмрэ (къумыкъухэмрэ) къыщысщ, къухьэпIэмкIэ — абазэхэмрэ (абхъазхэмрэ) мингрел (куржы) лъэпкъхэмрэ». Кемпфер Энгельберт ХVIII лIэщIыгъуэм и 80 гъэхэм итхащ: «Шэрджэсыр Азием щыщуи Европэм хыхьэуи зылъытэ щыIэщ. КъуэкIы пIэмкIэ ар Хъэзэр тен-джызым йоуалIэ». Главани Ксаверио зэритхамкIэ, «Шэрджэсыр зы лъэныкъуэкIэ къалмыкъхэм я щIыналъэм нос, нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ — Каспий тенджызым; абы и Iуфэм Iутщ урысхэм яухуа Тэрч къалэр» (зи гугъу ищIыр Урысейм хуэлажьэ къэбэрдей дзэпщхэр зыдэса къалэрщ). Европей авторхэм я тхыгъэхэм шэч къатезыхьэ щIэныгъэлIхэм дазэрырихьэлIэрэ куэд щIакъым, абыхэм зэратхымкIэ, Къэбэрдейм и къуэкIыпIэ гъунапкъэр Сунжэ фIэкIыу щытакъым (ар Тэрч щыхэхуэм нэс). АбыкIэ тегъэщIапIэ ящIыр гурыIуэгъуэкъым. Пэжщ, ХVIII лIэщIыгъуэм и кIэхэм Къэбэрдейм и къуэкIыпIэ гъунапкъэр Сунжэ къэсыжауэ щытащ, арагъэнущ щIэныгъэлI гуэрхэм европей авторхэм къызэранэкIа тхыгъэхэм шэч къыщIытрахьэр. Каспий тенджыз Iуфэмрэ Сунжэ псымрэ яку дэлъ щIыналъэр ИдарейкIэ зэджэ пщыгъуэ лъэрызехьэм IэщIэлъащ, идарейхэращ Темрыкъуэ и зэманым Къэбэрдеймрэ Урысеймрэ гъунэгъу зэхуэзыщIар. Идарейхэм (Темрыкъуэ къызыхэкIа пщы лъэпкъым) я фIыгъэкIэ Урысейм благъэ хуэхъуауэ щытащ, Къэбэрдейм нэмыщI, абыхэм я IупэфIэгъу е я жьауэм щIэт пщыгъуэхэри. Тыркум, Къэжэрым, кърым хъанхэм щихъумэн папщIэщ Темрыкъуэ Къэбэрдейр Урысейм щIыгуигъэхьар. Пщышхуэм и лъэIукIэ Сунжэ Тэрч псым щыхэхуэм деж урысхэм къалэ-быдапIэ щаухуауэ щытащ. Абдеж къалэ (быдапIэ) зэрыщаухуари щыхьэт тохъуэ Къэбэрдейм и къуэкIыпIэ гъунапкъэхэм жыжьэ зыщаукъуэдийуэ зэрыщытам — Тэрч къалэр зращIыхьар Темрыкъуэ щытепщэ Къэбэрдейрщ (Идарейм). Къэбэрдейм и ищхъэрэ гъунапкъэхэр здынэсу щытар нэхъ гъэбелджылыгъуафIэщ. Мэздэгу быдапIэр яухуа нэужь (1763 гъэм), Къэбэрдейм къуэкIыпIэмкIэ щиIэ щIым и нэхъыбапIэр фIэкIуэдащ. Къэбэрдеипщхэм 1765 гъэм Мэзкуу ятхауэ щытащ: «КъэбэрдеищIыр Гум псым нос — ар ищхъэрэкIэ. КъуэкIыпIэмкIэ Мэздэгу верст хыщI хуэдизкIэ фIокI». Джылахъстэнеипщхэм — Талъостэнхэ, Мудархэ, Алъхъуохэ — я щIыр Тэрч и ижьрабгъумкIэ Сунжэ нэсырт абы щыгъуэ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, Къэбэрдейм фIэкIуэдакIэт Сунжэ псымрэ Каспий тенджызымрэ яку дэлъ щIыр. Къэбэрдеипщхэм акъылэгъу ядохъу Мэздэгу къулыкъу щызыщIа ротмистр Шелков Александр. Абы Хамэ къэрал IуэхухэмкIэ коллегием 1768 гъэм итхыгъащ Гум псым и ижьрабгъури и сэмэгурабгъури къэбэрдейхэм зэраIэщIэлъыр. Ардыдэм щыхьэт тохъуэ а зэманым зэхалъхьа картэхэри европей авторхэри. Кавказ Ищхъэрэм 1807, 1808 гъэхэм щыIа Клапрот Генрих-Юлиус итхыгъащ: «Шэрджэсхэм (къэбэрдей- хэрщ зи гугъу ищIыр. — Ред.) ищхъэрэкIэ нэхъ зыщаубгъуауэ щытащ нэхъапэм, я хъупIэхэр Гум псым и Iуфэм нэсу; ахэр а псым ГумыжькIэ йоджэ». Клапрот зэритхымкIэ, къэбэрдейхэм Гум псым и гъунэгъу гуэл шыугъэхэр яIэщIэлъащ, абыхэм шыгъу къыхахыу. Къэбэрдейм и ищхъэрэ гъунапкъэр ХVI лIэщIыгъуэм Гум псыми фIэкIауэ зэрыщытам щыхьэт техъуэр мащIэкъым. Астрэхъан яубыдын мурадкIэ зэуакIуэ къежьауэ щыта кърым-тыркудзэр, зылъежьар къемыхъулIауэ къыщикIуэтыжым, «Къэбэрдей гъуэгумкIэ къагъэзэжащ… Тырку куэд шхын щхьэкIэ щызэтелIащ къумым, шэрджэсхэм (къэбэрдейхэм) зэтраукIащ, гъэр ящIащ, шы куэди фIаубыдащ» — аращ урыс тхыдэр щыхьэт зытехъуэр. Тыркухэмрэ кърым хъаным и дзэмрэ абы щыгъуэ япэувари зэтезыкъутари Тэрч къалэ дэса къэбэрдей дзэпщ цIэрыIуэ Сэнджэлейщ, абы и уэрэдыр къэсащ ди зэманым; «Сэнджэлеишхуэурэ дзэшхуэр зезышэ» — ахуэдэущ ар уэрэдым къызэрыхэщыр. Нэгумэ Шорэ «Адыгэ лъэпкъым и тхыдэм» зэрыщитхымкIэ, къэбэрдейхэм «Сотей зэхудипIалъэщ» псэлъафэр абы лъандэрэ къахуэнащ: къытевгъазэмэ, Сотей зэхудипIалъэщ, абы фидукIыхьынщ дяпэкIи, жыхуиIэщ. Тэнрэ (Дон) Псыжьрэ (Кубань) яку дэлъ губгъуэм (къумым) адыгэхэр СотейкIэ йоджэ, ар Гум-Маныч щIыIэпсым хеубыдэ. «Къэбэрдей гъуэгукIэ» зэджэр а щIыIэпсым и ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэ, нэхъ белджылыуэ жыпIэмэ, къум псыншэм кIуэцIрыкIыу щытащ. ЩIэупщIапхъэщ: Астрэхъан урысыдзэм къыщыщIагъэIа тыркухэмрэ кърым тэтэрхэмрэ къум псыншэм кIуэцIрыкI «Къэбэрдей гъуэгумкIэ» щхьэ къагъэзэжа? Гум псым и къаблэ лъэныкъуэм псыи хъуни щагъуэтынут абыхэм, ауэ абыкIэ къагъэзакъым. Щхьэусыгъуэр гурыIуэгъуэщ: Темрыкъуэ и зэман лъандэрэ Тэрчрэ Гумрэ (уеблэмэ а псым фIэкIыжу) яку дэлъа щIым щытепщар Урысейм еувэлIа къэбэрдеипщхэрт, урысхэмрэ къэбэрдейхэмрэ щытепщэ щIым къихьэн иракуакъым Астрэхъан къыщыщIагъэIа зэрыпхъуакIуэхэм. Мыщокъуэ Хьисэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27762.txt" }
Адыгэхэмрэ лыхьхэмрэ ЕпщыкIуиянэ лIэщIыгъуэм и кIэм Франджым буржуазнэ революцэ иныр зэрыщекIуэкIам и сэбэпкIэ абы къыкIэлъыкIуэ илъэсхэм Европэм и къэралыгъуэ куэд къызэрыIэтауэ щытащ хуитыныгъэм щIэбэну. Абыхэм ящыщщ Польшэм 1830 — 1831 гъэхэм щыIа лъэпкъ зэщIэхъееныгъэр. Ар урыс пащтыхьым «игъэбэяуа» нэужь, офицеррэ сэлэту зыкъэзыIэтахэм ящыщ куэд Кавказым къашэгъащ я хуитыныгъэм щIэбэн бгырысхэм «къраутIыпщын» мурадкIэ. Зауэ къулыкъум и хабзэкIэ уеплъмэ, апхуэдэ цIыхухэм я къалэнт зи хэкурэ зи хуитыныгъэрэ зыхъумэж бгырысхэм щысхьырабгъуншэу къебгъэрыкIуэну. Ауэ лыхьхэм (полякхэм) тэмэму къагурыIуэрт урыс пащтыхьым и мурадыр, езы бгырысхэм ирагъэкIуэкI зауэм и къалэныр, Инджылызымрэ Тыркумрэ Кавказым «къыщIепIэстхъ» щхьэусыгъуэхэр — Кавказыр Урысейм щахъумэ хуэдэурэ езыхэм зыIэрагъэхьэну зэрыхущIэкъур. Лыхьхэм я Iуэху еплъыкIэм дежкIэ зэхэгъэкIыпIэшхуэ хъуат Кавказым щекIуэкI Iуэхугъуэхэр икIи, Герцен Александр (1812 — 1870) гу зэрылъитамкIэ, Польшэмрэ Кавказымрэ зыIууа IэнатIэр зыкъомкIэ зэщхьт: пащтыхьым иригъэкIуэкI зэрыпхъуакIуэ зауэм ахэр пэщIэтын хуейт, щхьэж и лъэпкъым и хуитыныгъэр яхъумэжыныр тIуми я зэхуэдэ къалэнти, а мурадым ахэр зэгуигъэхьэрт. 1830 гъэм Польшэм щызэщIэна лъэпкъ зэщIэхъееныгъэмрэ адыгэхэм ирагъэкIуэкIа зауэмрэ зэман къудейкIэкъым зэрызэтехуар. Ахэр зы ищIырт колониализмэм и бийуэ зэрыунэтIам, хэкуитIми я пащхьэм зы бий — урыс пащтыхьыр — къызэритым. Абы къыхэкIыу лыхьхэри адыгэхэри зы мурадым зэгуигъэхьэрт, зэхуэдэ лIыгъэ къагъэлъагъуэуи зауэрт. Уеблэмэ Кавказым къахуа лыхь революционерхэм ящыщ куэдым антиколониальнэ лэжьыгъэ ди щIыпIэхэм щрагъэкIуэкIырт, абы кърикIуэуи е декабрист гъэрхэм зыпащIэрт, е бгырысхэм къагухьэпэрт. 1834 гъэм и пэщIэдзэм Астрэхъан и тепщэм Кавказым щыIэ урысыдзэхэм я тет нэхъыщхьэм деж къитхыгъащ: «Астрэхъан щыIэ лыхьхэм Iэщэр къагъэсэбэпу къалэр ягъэукхъуэу адыгэхэм я деж кIуэсэн мурад яIэщ». ГурыIуэгъуэщ урыс унафэщIхэр нэхъри сакъыу лыхьхэм якIэлъыплъыну зэрыхэтар: «ТеплъэкъукI щымыIэу ди нэIэ ятетщ лыхьыдзэм и унафэщI нэхъ лъахъшэхэм», — дыкъыщоджэ Владикавказым и комендант Аранскэм генерал Вельяминовым хуитха рапортым. Шэрджэсхэм ягухьэныр лыхьхэм щагъэтын щхьэкIэ, унафэ ткIий ящIырт урыс дзэзешэхэм. «Япэу къытпэщIэхуэ епцIыжакIуэм хуэфащэр зэшэзэпIэу и пIэм иукIыхьынырщ» — итт апхуэдэ унафэм. Абы щхьэкIэ къэмынэу, генерал-майор Ольшевскэм зэрыжиIэмкIэ, 1834 гъэм урысыдзэр Псыжь мыдрыщIкIэ къэкIуа нэужь, « лыхь куэдыкIей щIэпхъуэжри» бгырысхэм ягухьащ. Шэрджэсхэм я деж кIуэса лыхьхэм я бжыгъэмрэ цIэ-унэцIэхэмрэ тэмэму белджылы зыщI щыхьэт гъуэтыгъуей пэтми, урысхэмрэ лыхьхэмрэ ящыщу адыгэхэм къагухьар апхуэдизкIэ куэдти, пащтыхьым и блыгущIэтхэм унафэ ткIий ямыщIу хъуртэкъым. 1834 гъэм Вельяминовым и пщэ къыдалъхьащ бгырысхэм «абрэджхэр, нэгъуэщI бзаджащIэхэр, ди сэлэт щIэпхъуэжхэр хамыгъэхьэну», «щIэпхъуэжа псори къыдатыжыну». Апхуэдэу нэхъ къищтэрт Николай Езанэм. Революцэм и пэкIэ Кавказ зауэм тетхыхьахэм ялъэкI къагъэнакъым, бгырысхэр хамэ диным ит цIыхухэм Iэлу яхущытауэ къыщIрагъэдзын папщIэ. Пэжщ, зауэм и зэранкIэ апхуэдэ щытыкIэр къэбырсеяуэ щытащ, ауэ абыкIэ къуаншэр бгырыс гугъуехьакIуэхэртэкъым, атIэ, зы лъэныкъуэкIэ, пащтыхьым и политикэрт, етIуанэу, адыгэхэм я Iуэху зезыхьэ пщы-уэркъхэм къадэкIуэу, урыс гъэрхэмрэ лыхь къэкIуэсахэмрэ пщылI бэзэрым зэрыщащэрт. Пащтыхьыгъуэм и телъхьэ тхыдэджхэм я мурадыр къыбгурыIуэну гугъукъым, ауэ бгырыс къызэрыгуэкIхэм апхуэдэ залымыгъэ зэрахьауэ щытамэ, абыхэм къагухьэ урысхэмрэ лыхьхэмрэ я бжыгъэм гъэ къэс хэхъуэу екIуэкIынтэкъым. Бгырысхэр ягъэулъиин щхьэкIэ, пцIы куэд къагупсысырт пащтыхьым и Iуэхузехьэхэм. АпхуэдэпцIхэр пасэу къыщIагъэщащ цIыху пэрыт куэдым. Ахэр щыхьэт тохъуэ урысхэм, лыхьхэм, адыгэхэм яку дэлъа зэпыщIэныгъэ гуапэхэм. Лыхь щIэпхъуэжхэм я бжыгъэр псом хуэмыдэу хэхъуащ 1834 гъэм. КъыкIэлъыкIуэ илъэситIым, урыс дзэзешэхэм зэралъытамкIэ, а бжыгъэр нэхъ мащIэ хъуащ. 1837 гъэм ирихьэлIэу тенджыз Iуфэм Iус адыгэхэм я лъахэр щтапIэ зыщIахэр куэд дыдэ хъурт. Титулярнэ советник Бутеневым 1837 гъэм гъатхэпэ мазэм и 8-м барон Розен деж къитхыгъащ: «шапсыгъхэмрэ адрей бгырысхэмрэ я щIыпIэм лыхьхэр щэ бжыгъэкIэрэ щызоуэ», — жиIэри. Зы илъэс докIри, тенджыз Iуфэм Iут быдапIэхэм я Iэтащхьэ Раевскэм къетх Кавказ корпус щхьэхуэм и унафэщI Головин деж: «Адыгэхэм я деж кIуасэхэм я бжыгъэм кIуэтэху хохъуэ». Зауэ-тхыдэ архив нэхъыщхьэм къыщыдгъуэтащ Кавказым щыIа лыхьхэм я Iуэху зытетам и щыхьэт зыбжанэ. Бгырысхэм къагухьа лыхьхэр къарууэ яIэмкIэ ебийрт пащтыхьым икIи телъхьэ яхуэхъурт зи хуитыныгъэм щIэзэу лъэпкъхэм. Къапщтэмэ, Анапэ дэсащ лэжьакIуэ папщIэу къагъэсэбэп лыхьыу зы ротэ. Абы щыщ куэдым зэIэпах тхыгъэ гуэрхэр къагъуэта нэужь, Вельяминовым Розен деж щэхуу итхыгъащ: «Анапэм и комендант полковник граф Цукате къыIэрыхьащ шэрджэсхэм я деж къикIыжа сэлэт Фабиант Юзеф къыкъуаха лыхь усэ, уэрэд щIэгъэстакIуэхэр». Апхуэдэ тхыгъэхэр урысыбзэкIэ зэдзэкIауэ, тхылъымпIэ напэ 76-м ярыту къыкъуахащ унтер-офицер Бреженскэм, напэ 49-рэ хъууэ — сэлэт Поздняк Андрей, 66-рэ хъууэ — Фабиант Юзеф. Пащтыхьым зэхэзехуэн зэрищIамрэ я хэкум хуаIэ лъагъуныгъэмрэ лыхьхэр хуашэрт бгырыс мэкъумэшыщIэм и мурадхэр дэIыгъыным, кавказ бгырысхэм гуэту хуитыныгъэ зауэр ирагъэкIуэкIыным. Дамыгъэхэри къулыкъури трахыжу сэлэтхэм хахуэжа лыхьхэр зауэ IэщIагъэм хуэIэзэ офицер лъэрызехьэхэт. ГурыIуэгъуэщ апхуэдэхэр къазэрыгухьэм бгырысхэр игъэгушхуэу зэрыщытар. Зауэм зэрыхэтым нэмыщI, щIэныгъэфIи къабгъэдэкIырт. Къапщтэмэ, лыхьхэм «бгырысхэр гын щIыным, топ къэгъэсэбэпыкIэм хурагъэджащ икIи ар и зы щхьэусыгъуэщ бгырысхэр урысхэм къазэрыпэщIэтыфым». Документхэм дыщрохьэлIэ лыхьхэр епцIыжакIуэу, присягэр ямыгъэпэжу щытауэ. Ауэ абыхэм я лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ игъэпуду зы псалъи тхылъымпIэхэм иткъым. Ахэр дапщэщи «сэлэт, офицер зэпэщхэщ». Граббе етх: «Абыхэм (бгырысхэм — Б. А.) я деж лIыгъэкIэ псом хуэмыдэу зыкъыщигъэлъэгъуащ тенджыз ФIыцIэ линейнэ батальоным щыщ унтер-офицер гуэрым. Ар 1831 гъэм Польшэм зыкъыщызыIэта дзэхэм артиллерием и капитану хэтащ. Абы и цIэ дыдэр IупщIкъым, ауэ бгырысхэм я деж адыгэцIэ къыщищтащ». Щэ бжыгъэ зыбжанэ фIэкIа мыхъуми, лыхьхэр бгырысхэм къагухьэу зэрыщытам мыхьэнэшхуэ иIащ зи хэку зыхъумэжхэм я къарум хэхъуэнымкIэ, урыс пащтыхьым и политикэ бзаджэм пэщIэтынымкIэ. Зауэ IэщIагъэм хуэшэрыуэ офицерхэмрэ лIыгъэр къызэлыж бгырысхэмрэ зэрыубыдмэ, Iуэхур нэхъ убзыхуауэ екIуэкIырт, хуитыныгъэм щIэбэнынри нэхъ щIэхуабжьэрт. Бгырысхэм ирагъэкIуэкIа зауэм лыхь революционерхэр зэрыхэтар XIX лIэщIыгъуэм и щэщI гъэхэм къэхъуа Iуэхухэм ящыщу гу нэхъ зылъытапхъэщ. Ар пащтыхь правительствэм и военнэ министр Чернышев А. И. къыгурыIуэрт Граббе къыбгъэдэкI хъыбархэм япкъ иткIэ. Граббе «икъукIэ иригузавэу» къитхырт бгырысхэр куэд щIауэ пащтыхьым лIэнкъэнэну къызэребийри, абыхэм къакъуэкI «лIыгъэ Iэрымыубыдри», пащтыхьыдзэхэр хэзыгъащIэ IэмалыщIэхэр къызэрагупсысри зэрыт тхыгъэхэр. лыхьхэмрэ бгырысхэмрэ зыр зым и телъхьэу къызэрыныкъуакъуэр «Iуэху шынагъуэу» къилъытэрт абы. Бгырысхэм я бэнэныгъэмрэ лыхь революционерхэм я лэжьыгъэмрэ зы зэрыхъуам политикэ мыхьэнэшхуэ иIэт. Абы къигъэлъагъуэрт адыгэхэм я хуитыныгъэм пыщIа зауэр Европэ псом джэрпэджэжу зэрыщыIур, Австриеми, Франджыми, Урысейми я бжьыр зытрадзын щхьэкIэ, ар лыхьхэм къазэры-хуэщхьэпэр. Бгырысхэм пащтыхьыгъуэм и бийуэ, алжирхэм Франджым и монархием и бийуэ ирагъэкIуэкIа бэнэныгъэм, нэмыцэ тхыдэдж Боденштедт зэритхыжамкIэ, «Европэ псор нэ мыупIэрэпIэжкIэ кIэлъыплъырт». Абы етх: «дэ тфIэтелъыджэу дыкIэлъыплъырт а лъэпкъитIым я бгъэгум гъащIэр щызу къызэрыщеуэм, иджыри къэс а лъэпкъхэр кърамыдзэу къекIуэкIарэ пэт, Европэм и къэралыгъуэ лъэщитIым хуэгъэIэсэртэкъым. А лъэпкъитIым дэ хахуагъэкIэ дыдахьэхырт, я зэуэкIэмрэ я лIыгъэмрэ ди гур тIэпахырт». Кавказыр зэхагуэшэжыну зи мурада къэралыгъуэжьхэм лыхь демократхэр зэ- рахущытыр нэрылъагъу ищIащ а революционерхэр бгырысхэм я лъэныкъуэ зэрыхъуам. Зи хэкумрэ зи хуитыныгъэмрэ зыхъумэж адыгэхэр Европэм и къару пэрытхэм зэрыпащIэн, зы лъэпкъым и хуитыныгъэр адрей лъэпкъхэм я насыпым зэрепхар пхыгъэкIын, зэрыпхъуакIуэхэм щхьэмыгъазэу япэщIэтын — аращ бгырысхэм я щIыналъэр хэщIапIэ зыхуэхъуа лыхьхэр зыхущIэкъуар. Лъэпкъ мащIэхэр Iэпхлъэпх ищIын мурад зиIа пащтыхьым пэщIэтурэ къежьащ адыгэхэмрэ лыхьхэмрэ зэхуаIэ зэныбжьэгъугъэ-зэкъуэшыгъэр. Быж Алий, тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор. 1994 гъэ Кавказым партизан зауэ щокIуэкI. Сурэтыр Спенсер Эдмунд ищIащ. 1854 гъэ Адыгэхэм къытхужаIахэр Унафэ хуащIри, Менглы-Джэрий нэгъабэ шэрджэс Къэбэрдейм трагъэуащ, ауэ къыщыхагъащIэм, къикIуэтыжын хуей хъуащ. ИтIанэ зауэм зыхуигъэхьэзыращ хъаным (Къаплъэн-Джэрий), сулътIаным хуит зыкъригъэщIащ. Кърымыдзэр ТэманкIэ блэкIри, IуащхьэмахуэкIэ иунэтIащ, Къэбэрдейм ихьащ. Абыхэм (къэбэрдейхэм) я пашэ Киргок (Кургъуокъуэ) и дзэр бгым иришэри, бгыщхьэм къитIысхьащ. Къуэ зэвым даубыдати, къащIэлъыр щIэх къагурыIуащ (хъаным и дзэм) — укIыпIэ ихуауэ арат ахэр, я псэр IукIауэ жэщ къатехъуащ… Сеид Мухьэмэд Ризэ, тырку тхыдэдж. ХVIII лIэщIыгъуэ Тхыдэм и лъэужь Кавказым щедгъэкIуэкI лъыгъажэ зауэр сигу зэрытемыхуэр дагъуэ къысхуащIауэ, мы щIыналъэр сыбгынэн хуей хъуащ. Абы (Кавказ зауэм) сигу къегъэкIыж Америкэр къыщазэум щыгъуэ испанхэм зэрахьа леймрэ залымыгъэмрэ, ауэ мыбы щыслъэгъуакъым Писарэ е Кортес сымэ зэрахьа лIыхъужьыгъэм ебгъапщэ хъун щапхъэ гуэри. Лъы защIэ лъэужьщ а зэрыпхъуакIэ къанлыхэм испан тхыдэм къыханар. Кавказ зауэр урыс тхыдэм апхуэдэ лъэужь щымыхъуну Тхьэм жиIэ. Тенджыз Iуфэм щызэуа урысыдзэм и Iэтащхьэ генерал-лейтенант РАЕВСКИЙ Н. Н. министр Чернышев деж 1841 гъэм мазаем и 21-м итха рапортым щыщ. Кавказ зауэм и лIыхъужьхэр Мыхьэмэт Iэшэ ХьэтIохъущокъуэ Мыхьэмэт Iэшэ жьы хъури тIысыжауэ, шы фIадыгъуащ. Шыр щахуар жэщырати, нэху игъэщри, шыдыгъум ялъежьащ Мыхьэмэт Iэшэ. Зы жылэ нэсауэ, пыр-хъуэм тет пщащэ IущIащ. — Пщащэ жьырытэдж, шы бламыхуауэ пIэрэ мыбыкIэ, умылъэгъуауэ пIэрэ? — еупщIащ Мыхьэмэт Iэшэ пщащэм. — Слъэгъуащ, — къыжриIащ пщащэм, — лIибл мэхъу уи шыр зыхуар. — Упсэу, пщащэ, — жиIащ Мыхьэмэт Iэшэ. — Къэзгъэзэжмэ, фи хьэщIэщ сынихьэнущ. Ар жери, Мыхьэмэт Iэшэ блэкIащ, шыдыгъухэм ялъэщIыхьэри, и шыр къатрихыжащ, лIиблым яшхэри къыщIигъури къигъэзэжащ. ЗэрыжиIауэ, пщащэ жьырытэджым и хьэщIэщым щепсыхащ Мыхьэмэт Iэшэ. ХьэщIэщым щIалитI исти, я псэлъэкIэкIи я IукIэщIыкIэкIи игу ирихьакъым Мыхьэмэт Iэшэ икIи зимыIэжьэу къэшэсри къежьэжащ. Къыщежьэжым, пщащэм жриIащ: — Уи хьэщIэщ ис щIалэхэм лIыжьыр щIэнэкIалъэ ирамыщI. Езыхэр зэрыхъунур хэт ищIэрэ? Ар схуажеIэж. Мыхьэмэт Iэшэ и псалъэр щIалитIым ягу техуакъым. Псалъэ къахуэзыгъэнар яцIыхуртэкъыми, лъежьащ: «Тхуэмыфащэ къытхужиIащ, хуэддэнкъым!» — жари. ЩылъэщIыхьэм, щIопщкIэ къахэуэурэ, щIалитIыр зэрыса хьэщIэщым кърихулIэжащ Мыхьэмэт Iэшэ. — Уэ пхуэдэ пщащэм и хьэщIэщ къихьэну яхуэфащэкъым мы щIалэ мыгъасэхэм, — жриIащ пщащэм Мыхьэмэт Iэшэ. — Тхьэмадэ, зыкъэдгъэцIыху: ухэт уэ? — къелъэIуащ щIалитIыр. — Сэ сыхэтми вжесIэнкъым, мыбыкIэ сыкъэфцIыхункIэ хъунщ, — жери Мыхьэмэт Iэшэ и Iэр къаригъэлъэгъуащ. P.S. ХьэтIохъущокъуэ Мыхьэмэт Iэшэ Кавказ зауэм хэта лIыхъужьщ, Псыжь щызэзауэурэ уIэгъэ хъури, и Iэ лъэныкъуэр къыдэбзыжыртэкъыми, «Iэшэ» дзыр щIытеIукIар аращ. Зауэм 1847 гъэм хэкIуэдащ, жьы хъуху псэуар пэжкъым — хъыбарыр абыкIэ щоуэ. Алий-пашэ къелъытэ Алий-пащэ хъыбар къызэрызигъэщIамкIэ, кавказ бгырысхэм Тыркум Iэпхъуэн мурад ящIмэ, тырку правительствэр къапэрыуэнукъым. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, жиIащ Алий-пащэ, тыркухэр абыкIэ арэзы хъун папщIэ, мы IуэхугъуитIыр зэIубз щIын хуейщ. Япэрауэ. Мухьэжыр хэм гурагъэIуэн хуейщ ахэр Истамбылрэ Трапезундрэ я закъуэ къыщызэтеувыIэ зэрымыхъунур. Тырку правительствэм къахуигъэлъагъуэ щIыпIэхэмкIэ арэзы хъун хуейщ мухьэжырхэр, ахэр зы щIыпIэ деж щызэтримыхьэн щхьэкIэ. ЕтIуанэрауэ. Мы Iуэхум ирагъэпIэщIэкI хъунукъым Портэр, пIалъэ къыхэгъэкIауэ, псалъэм папщIэ, етIанэгъэ накъыгъэ пщIондэ, тыркухэм Iэмал етын хуейщ мухьэжырхэм псэупIэ нэхъ яхуэхъун щIыпIэхэр яубзыхуну; арыншамэ, апхуэдиз цIыху щыIэпхъуэкIэ узыхуэмей гугъуехь ухэхуэнкIэ мэхъу, жиIащ Алий-пащэ. Лей си гугъэкъым, мыри щIызгъужмэ. Алий-пащэ къызэупщIащ мухьэжырхэм я бжыгъэр зыхуэдизынумкIэ. Жэуап тэмэм естакъым пащэм, ести хъунутэкъым, ауэ занщIэу сымыгъэщтэн щхьэкIэ, жесIащ мухьэжырхэр мин 50 хуэдиз зэрыхъунур; а бжыгъэри зригъэщIэгъуэкIащ абы, фIэкуэдыIуэ хъури. Истамбыл дэс урыс лIыкIуэ Новиков Д. С., Кавказ армэм и штаб нэхъыщхьэм и Iэтащхьэм деж 1863 гъэм дыгъэгъазэм и 5-м къитха письмом щыщ. Романым щыщ пычыгъуэ «Сэлэтым и щIыхь» Хьэжы Бэрзэджрэ генерал Раевскэмрэ. Сурэтыр Шэрхъ Хьэмидбий (Зеикъуэ къу.) ищIащ. Хьэжы Бэрзэдж, шу гъусэхэр щIыгъуу, шэджагъуэ нэужьым нэсащ генерал Раевскэм деж. Шым епсыхри, пщым сэлам итащ, ауэ етIысэхакъым: зигъэгувэн мурад зэримыIэр абыкIэ гуригъэIуащ генералым. Бгырысхэм я дзэпщ цIэрыIуэр къыщыбгъэдыхьэм, генералым зыкъиIэтащ. КIэщIт генералым и псалъэр — дзэпщыр къыщIригъэблэгъар. Тэрмэшыр зыбгъэдишэри, Раевскэм жиIащ: — ГурыгъаIуэ Хьэжы Бэрзэдж: уи цIыхухэри уи лъахэри Урысейм къритащ тырку пащтыхьым. Уэ ар фIыуэ уощIэ, атIэ сыт Iэщэр щIумыгъэтIылъыр? Дзэпщым и жэуапыр тэрмэшым зэридзэкIащ: — Хьэжым жиIэращ: урыс пащтыхьыр къулей дыдэу жывоIэ, генерал. Ар пэжмэ, фи пащтыхьыр щхьэ къытлъихьа? Уи дзэм ди жылагъуэхэр щIызэхифыщIэр сыт? Хьэжым жеIэ: нэпсей хъунщ фи пащтыхьыр, дэрыншэу щымыпсэуфкIэ… Раевскэм и нэщхъыр зэхилъхьащ, Хьэжы Бэрзэдж къемыплъу, тэрмэшым жриIащ: — ЖеIэ абы: ди пащтыхьми тырку пащтыхьми ящIэ бгырысхэм я сэбэп зыхэлъри зыхэмылъри. Делэм дэIуэн имыдэмэ, къарукIэ хагъэзыхь. Бгырысхэр ди пащтыхьым къезауэмэ, сулътIанми и унафэр якъутэу аращ. Фи унафэр ищIакIэщ сулътIаным: фэ абы урыс пащтыхьым фыкъритащ. А псалъэр зыуи къыщыхъуакъым Хьэжы Бэрзэдж, генералым еплъа фIэкI. — Тырку сулътIаным дэ урыс пащтыхьым дритынкIэ Iэмал иIэкъым: абы и IэмыщIэ дилъакъым игъащIэм, и унафи къытхэлъкъым, — жиIащ Хьэжы Бэрзэдж. — Узыхуимытыр дауэ птын? Уэ ухахуэщ, инэрал, узэрыхахуэм щхьэкIэ узот мо жыгыщхьэм ис бзу цIыкIур — плъэкIмэ, къэубыд! Раевскэр жыгым дэплъеящ. Абы и щхьэр къыщиIэтым, жыгыщхьэм иса бзу цIыкIур, и дамэр ишэщIри, лъэтэжащ… — Уэ уцIыху губзыгъэщ, Хьэжы Бэрзэдж, ауэ ущыгъупщэхщ, — жиIащ абы макъыхъукIэ. — Уи къуиплI зауэм хэкIуэдащ — ар зыщумыгъэгъупщэ. Егупсыс — зы къуэщ къыпхуэнэжар. Шэчи къытумыхьэ: тыгъэ къысхуэпщIа бзур къэзубыдын и пэ, уи къуэ закъуэр пфIэкIуэдынщ… ГОЛУБОВ Сергей, урыс тхакIуэ. Мы пычыгъуэр къызыхэтхар урыс тхакIуэ цIэрыIуэ Голубов Сергей и «Сэлэтым и щIыхь» романырщ. Пычыгъуэ мащIэмкIи гурыIуэгъуэ зэрыхъущи, романыр зытеухуар адыгэ куэдым я щхьэр зыхалъхьа Кавказ зауэрщ. А зауэм и тхыдэ псор игъэбэтэн мурад иIакъым тхакIуэм — ар зы тхыгъэкIэ зэрыпхузэфIэмыкIынур гурыIуэгъуэщ. ТхакIуэм и мурадар нэгъуэщIщ: я щхьэхуитыныгъэм щIэзэууэ, бэнэныгъэ гуащIэм илъэсищэкIэ хэта бгырысхэр зыхадза мафIэмрэ залымыгъэмрэ я пэжыпIэр, зымащIэкIэ нэхъ мыхъуми, хэIущIыIу щIынырщ. Ар тхакIуэм къызэрехъулIам шэч хэлъкъым. Дигу къэдгъэкIыжынщ Голубовым и романыр дунейм къыщытехьа зэманыр — 1940 гъэрщ ар япэ къыщыдэкIар, кавказ зауэм и пэжыпIэр зыгъэIум и щхьэр щыхрагъэлъхьари мащIэтэкъым. ЯбзыщIын хуейуэ унафэ зытращIыхьа темэм зэрызрипщытар хуагъэгъуакъым тхакIуэм: «лъэныкъуэ ирагъэзри», и цIэ къудей ираIуэжакъым щIэх. Голубов Сергей (1894 -1962 гъгъ.) и тхыгъэхэм я нэхъыбэм лъабжьэ яхуэхъуар тхыдэрщ. «Сэлэтым и щIыхь» романым нэмыщI, абы и къалэмыпэм къыщIэкIащ «МафIэ хъуаскIэр мафIэ бзий мэхъу», «Багратион», «БыдапIэхэм зыщамытым деж», «Бзухэм абгъуэхэр ябгынэ» романхэр, нэгъуэщIхэри. ШЫФЭКЪУЖ Санэ. Шэрджэс меджлисым и псалъэ Зыри къыддэIэпыкъуркъым Урысейм зауэ къызэрыдищIылIэ лъандэрэ зы къэрали къыддэIэпыкъуакъым кавказ лъэпкъхэм. Тырку сулътIаным деж куэдрэ дгъэкIуащ лIыкIуэ, къыткъуэувэнкIэ, къыддэIэпыкъункIэ дыщыгугъыу, ауэ абы къытхуищIа щыIэкъым. Персиеми дгъэкIуащ лIыкIуэ, иужьрейуэ Мэхъмэт Алий зыхуэдгъэза фIэкIа, дызэхащIыкIакъым. Шэрджэсым и лIыкIуэхэм я пщэ дэтлъхьауэ щытащ Урысейм къыдищIылIа зауэр къызэрыттехьэлъэм и хъыбар къэрал лIыщхьэхэм я деж нагъэсын хуейуэ; дэ ди хабзэхэри ди динри нэгъуэщIщ, арыншамэ Урысейр апхуэдизрэ щхьэ къыдэзэуэн хуейт? Псоми ящIэн хуейщ урыс инэралхэр зэрытхьэгъэпцIыр, я сэлэтхэр зэрыгущIэгъуншэр. Шэрджэсхэр дызэтраукIэмэ, хэт и фейдэ хэлъ абы? Псори къыддэщIын хуейщ адыгэхэм! Урыс сэлэт мин Iэджэ къыдаутIыпщащ дэ, Iэпхлъэпх дызэращIынщ зи ужь итыр, дыкъаухъуреихьауэ. Дэ даухмэ, фэ къыващIылIэнущ зауэ. Ди щхьэм и закъуэкъым дэ дызыхуэзауэр. Дэ дызыIэщIалъхьэмэ, Тыркуми нэсынурэ абыи къыщызэтеувыIэнукъым — аращ иджыпсту фыкъыддэIэпыкъун щIыхуейр. Ар нывжедгъэIэн щхьэкIэщ ди лIыкIуэхэр ныщIыфхуэдгъэкIуар, ауэ ди лIыкIуэхэм я псалъэр зыми зэхищIыкIакъым, зыми къилъэгъуакъым ди хьэтыр. ДызэхащIыкIрэ ди бэнэныгъэм къыхыхьатэмэ, сыт хуэдиз зауэлI хахуэм я пашэ хъунут сулътIаныр, сыт хуэдизым я гур къихьэхунут абы! Урысейм и закъуэкъым дунейм тетыр, къэрал Iэджэ тетщ дунейм. Урысейм нэхърэ нэхъ къэрал ини нэхъ лъэщи зэрыщыIэм дыщыгъуазэщ адыгэхэр. Дыщыгъуазэщ Инджылызри Франджыри гузэвэгъуэ хадзэ лъэпкъхэм къазэрыщхьэщыжым. ИтIани къытлъэIэсыркъым абыхэм я гущIэгъуи я дэIэпыкъуныгъи. Шэрджэсхэр дыкъуаншэмэ, къыддремыIэпыкъу инджылызхэри франджыхэри. Ди хэкур Урысейм щыщ хъуауэ къыщыгъэлъэгъуащ европей картэхэм — абыи дыщыгъуазэщ дэ. Дыщыгъуазэщ ди щIыбагъкIэ хьэгъэщагъэхэр зэрыщызэрахьэм: дэ къыдамыгъэщIэххэу, Урысеймрэ Тыркумрэ ди унафэр ящI, зэгуроIуэри, зым IэщIэмылъыр адрейм ирет, дэ къыдэупщIыни я щхьэ тралъхьэркъым. Урысхэм Европэм щыжаIэ дэ абыхэм драгъэр хуэдэу, дыхьэкIэкхъуэкIэ защIэу, гущIэгъуи тхуэмыфащэу, унафэ е хабзэ гуэрми дыпхуемыувэлIэну. Лъэпкъышхуэ дыдэщ инджылызхэр, дызэхащIыкIынкIэ дащогугъ, ауэ дэ дыхьэкIэкхъуэкIэмэ, зыми емыдаIуэ дыхъунщIакIуэмэ, ди хьэтыр къремылъагъу, нэкIи къыдремыплъ. СулътIаным псалъэ еттауэ щытащ дэ, ауэ ар ди лъэныкъуэ хъунукъым, Урысейм ди щIыбагъкIэ гурыIуащи. СулътIаным ещIэ Урысейр къызэрыдэзауэр, итIани абы йопсалъэ, щэхуу гуроIуэ: уи IэмыщIэ имы-лъым и унафэр дауэ зэрыпщIынур? Дэ дыгъэркъым, дыпщэ, дыпт хъуну. Пэжщ, дызэкIэщIэчащ, дыщызэгурымыIуэр нэхъыбэщ, зы унафэм деувалIэркъым — аращ ди мыгъуагъэ псори къызыхэкIыр. Ауэ дэ дыщхьэхуитщ, ди щхьэхуитыныгъэращ дызыщIэзэур, ар хамэм и IэмыщIэ итлъхьэн муради диIэкъым. Шэрджэс меджлисым къэрал лIыщхьэхэм зэрызыхуагъэза Псалъэм щыщщ. 1861 гъэ
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27765.txt" }
ГукъэкIыжхэр «Фагъэжакъуэ фIэкIа, къыфхуащIэн щыIэкъым» Лондон къыщыдэкI «Таймс» газетым и корреспондент Лонгворт Джон 1837 гъэм Шэрджэсым къакIуэри адыгэхэм зы илъэсым щIигъукIэ яхэсащ, зауэ гуащIэм хэт бгырысхэм я хъыбар дуней псом щигъэIуащ — абы и гукъэкIыжхэр тхылъ щхьэхуэм щызэхуэхьэсауэ инджылызыбзэкIи урысыбзэкIи зыбжанэрэ къыдэкIащ. Щыгъуазэ фыдощI Лонгворт и гукъэкIыжхэм щыщ пычыгъуэхэм. Хасэр зыублар Мансур бейщ. Дакъызэрыхыхьам щхьэкIэ фIыщIэ къытхуищIа нэужь, ар Даут-бей (мистер Уркхарт) и узыншагъэмрэ и Iуэху зытетымрэ щIэупщIащ, итIанэ ди дежкIэ зыкъригъэзэкIащ: Шэрджэсыр урысхэм зыхадза зауэм къыхыхьэнкIэ, шэрджэсхэм къащхьэщыжынкIэ хъуну Инджылызыр? Сэ жысIащ дэ Инджылыз къэралым дызэримылIыкIуэр, ауэ, дэ къызэрытфIэщIымкIэ, Инджылызыр Шэрджэсым къыдэщIынущ, уеблэмэ ар зыми IэщIэмылъ, зи щхьэ хуит къэралу къилъытэнкIи мэхъу. Си жэуапыр тхьэмадэхэм ягу ирихьауэ къысщыхъуащ. Шынагъуэр къащхьэщыхьакIэт шэрджэсхэм — ар езыхэми зыхащIэрт, щIэгузавэр къадэIэпыкъун зэрамыIэрт. Абы къыхэкIкIэ, си псалъэр дыкъуакъуэ сщIакъым — къазэрыгурыIуэнкIэ жысIащ. Абыхэм зэралъытэмкIэ, дэ гузэвэгъуэр ящхьэщытхыфынут. «Даут-бей къызэрыкIуэ лъандэрэ Инджылызым дыщогугъ, — пищащ Мансур и псалъэр. — Илъэсищ дэкIащ абы лъандэрэ, зауэмрэ лъымрэ дыхэкIыркъым. Даут-бей дыщыгугъат, аращ илъэсищ хъуауэ дыщIыпэплъэр. Шэрджэс тхьэмадэхэм ди Iэр щIэддзауэ тхылъ здихьащ Даут-бей, ар инджылыз пащтыхьым и IэмыщIэ ирилъхьамэ, абы щхьэ зиIэжьэрэ иджыри къэс? Инджылыз пащтыхьым щымыгугъ зы цIыхуи искъым Шэрджэсым — жьыи щIэи. Даут-бей и нэгу щIэкIащ ар. Ди щхьэр идолъхьэ инджылыз пащтыхьым и IэмыщIэ — къыддэIэпыкъу закъуэмэ. Пэжыр къыджеIэ иджы: сытым дыщыгугъ хъуну? Нобэ жытIэркъым дэ — нобэ къытлъэмыIэскIэ гузэрыдзэ тщIынукъым. Ди жагъуэ хъунур дыкъэвгъэгугъэрэ утыкум дыкъинэжмэщ». НэхъыфIым щызгъэгугъын фIэкI, сыт хуэдэ жэуап схуетынут сэ шэрджэсхэм? Сэ къыслъысрати, яжесIар мыращ: псори зэлъытар езы шэрджэсхэращ, нэгъуэщIым щыгугъын щхьэкIэ, езыхэр зэкъуэувэн хуейщ япэ щIыкIэ. Узэкъуэмыувэмэ, нэгъуэщIым и фIэщ ухъунукъым. Сэ сыкъыщIэкIуар аращи, сывдэзэуэнщ, схузэфIэкIыр фхуэсщIэнщ. Зи хуитыныгъэм щIэзэухэм я пщIэр ялъытэ инджылызхэм, хуей щыхъум деж ахэри къывдэзэуэнущ, я псэм еблэнукъым. Iэщэр вгъэтIылъ хъунукъым иджыпсту, зэрыпхъуакIуэхэм фазэремыкIужынур ялъагъумэ, инджылызхэри къыфкъуэувэнущ — заIэжьэнукъым… Шэрджэсхэр зыпэплъэр арат — дэIэпыкъуэгъу хъунумэ, зремыгъэгувэ. Мансур тхьэмадэхэм яхэпсэлъыхьащ; ахэр нэхъ нэщхъыфIэ къызэрыхъуамкIэ къэтщIащ ди жэуапхэр ягу зэрырихьар. Мансур и пIэр иубыдыжри, жиIащ: «Ди хьэщIэхэр дгъэзауэ ди хабзэкъым дэ, ди хабзэр ахэр тхъумэн хуейуэ аращ. ИлъэсипщIым щIигъуащ урысхэм зауэм дызэрыхадзэрэ, хуей хъумэ, иджыри илъэсипщIкIэ дызэуэнущ, Инджылызыр гъусэ къытхурехъу закъуэ. Зауэм ди лIыфI куэд хэкIуэдащ, абыхэм я пIэ иувэн ди мащIэкъым дэ. Ди мащIэр гынрэ бдзапцIэрэщ — ахэр къытIэщIэухащи, ди фочхэр зыми и пэрмэныжкъым. Сэшхуэрэ къамэрэ диIэщ. Сэшхуэрэ къамэрэ диIэху, урысхэм я IэмыщIэ зитлъхьэнукъым». БдзапцIэ тоннитI-щы зэрестыр яжесIащ шэрджэсхэм — ахэр абы зэрыщыгуфIыкIам щIэ щIэткъым… Ди хьэщIэщым декIуэлIэжауэ, пщыхьэщхьэм хеящIэр, Хьэжы-Уэлий, къыткIэлъыкIуащ. Сэфар-бей къахуитхам щыгъуазэ хъуати, нэжэгужэт ар, къыщIыткIэлъыкIуар дэри дигъэгуфIэн щхьэкIэт. «Нобэ щыщIэдзауэ, — къыджиIащ хеящIэм, — фэ дыфхуэдэщ дэри: инджылыз пащтыхьым дрицIыхущ, абы и IэмыщIэ дилъщ, унафэ къытхурещI закъуэ — псалъэ къыхэдгъэкIынукъым, и унафэр дгъэзэщIэнущ». ХеящIэм дыщигъэгъуэзащ Занокъуэ Сэфар-бей шэрджэс тхьэмадэхэм къахуитхам. Адрианополь дэс инджылыз консулым и пщэ дилъхьэри, Британием и лIыкIуэм шэрджэс тхьэмадэхэм къахуригъэтхащ: урыс дзэпщым деж цIыху ягъэкIуэн хуейщ, абы епсэлъэн щхьэкIэ; дзэпщым жэуап къыпахыху, Псыжь адрыщI зэуакIуэ кIуэ хъунукъым; урысыдзэр Шэрджэсым иришыжын, Шэрджэсым къращIыхьа быдапIэхэри якъутэжын хуейуэ дзэпщым преубыд. ЛIыкIуэхэр дзэпщым деж щэнейрэ ягъэкIуэн хуейщ, паубыдыр къахуимыщIэмэ, абыкIэ хъыбар ирагъэщIэн хуейщ Истамбыл дэс инджылыз лIыкIуэм. Арат Сэфар-бей шэрджэс тхьэмадэхэм къахуитхар. Абы дыщыгуфIыкIащ дэ. Ар къадэхъуатэмэ, Инджылызымрэ Шэрджэсымрэ зэувэлIауэ жыпIэ хъунут. Инджылызым, икIэм-икIэжым, яхуэфащэ гулъытэ къахуищIащ шэрджэсхэм, и щхьэм ирилъытащ, я Iуэхум къыхэIэбащ — арат дэ дыщIэгуфIар. ДымыщIэр абы кърикIуэнкIэ хъунурат. Шэрджэс лIыкIуэхэр, урыс генералым деж кIуэн и пэ, ди хьэщIэщым къихьащ, тхылъым щIывгъунуIа, жари. Тхьэмадэхэм ятхам щIыдгъужынIауэ къыттехуэртэкъым дэ. ЛIыкIуэхэр ХьэфIыцIей (Геленджик) кIуащ — арат генерал плъыжьыр зыдэсыр (зэрыщхьэцыгъуэм щхьэкIэ Вельяминовым арат шэрджэсхэр зэреджэр). Генералыр къащыгуфIыкIауэ жаIащ абыхэм, зытекIухьам щыгъуазэ ящIа нэужь, ауан къищIащ армыхъу, уеблэмэ къащыдыхьэшхащ. «Фи инджылыз хьэщIэхэр, — къажриIащ Вельяминовым, — хьэгъапхъэщ, фагъэжакъуэ фIэкI, къыфхуащIэфын щыIэкъым, яхуэфащэри зыщ: е фукIын е фи хэкум ифхужын. Шэрджэсхэм я гугъу пщIымэ, зы хэкIыпIэщ абыхэм яIэр — императорым и IэмыщIэ зралъхьэн». «Абы демыувалIэмэ, сыт къыдэфщIэнур?» — щIэупщIащ лIыкIуэхэр. «Узижагъуэнщ! — къажриIащ. — ФэтщIэнум фыщIэупщIэмэ, си тырку тэрмэшым и пщэ дэслъхьэнщи, езгъэтхынщ. Ар ныфIэрыхьэмэ, щыгъуазэ зыфщI. Тхылъым феджи, жэуап къысIэрывгъэхьэж — махуитI пIалъэщ фэстынур». Вельяминовым шэрджэсхэм къахуитха тхылъыр мистер Беллрэ сэрэ тлъэгъуащ. Абы Европэр щыгъуазэ хъун и гугъагъэнкъым Вельяминовым — генералыр зэрыахьмакъри зэрыбзаджэнаджэри кърипщIэнущ абы шэрджэсхэм къахуитха тхы-лъым. Сэ згъэщIэгъуар аращ — апхуэдэ генералт бгырысхэр Урысейм и IэмыщIэ изылъхьэнур: нэхъ губзыгъэIуэ игъуэтагъэнкъым императорым. Генерал Вельяминовым шэрджэсхэм 1837 гъэм накъыгъэ мазэм и 28-м къахуитхам щыгъуазэ фыдощI: «ТенджызитIым я тIуащIэм щытепщэр фэракъым. Тырку пащтыхьым и унафэм фобакъуэри, урысхэм я щIыналъэр фохъунщIэ. Мамырыгъэ фыхуеймэ, фхъунщIауэ хъуар къыдэфтыжынщ, фи деж нэкIуэсахэмрэ гъэр фщIахэмрэ ди IэмыщIэ къифлъхьэжынщи, Урысейм тхьэмадэ къыфхуищI фипщхэм ящыщ зым и унафэм фыщIэувэнщ. Фи деж къакIуэ инджылызхэр къанэ щымыIэу щхьэхуещэщ, фыкъагъапцIэ, фагъэщхьэрыуэ; ахэр зэщэр фи хэ- кур зэрызыIэщIалъхьэнщ. Инджылызым и унафэм фыщIэувэ нэхърэ Урысейм и IэмыщIэ зифлъхьэмэ, фэркIэ нэхъыфIщ. Инджылызым, Франджым, нэгъуэщI европей къэралхэм запыфщIауэ фахуотхэ, ар щывгъэтрэ ди императорым и IэмыщIэ зифлъхьэмэ, итIанэщ зауэм кIэ щигъуэтынур. Сыт фызыщыгугъыр? Уафэр къеухмэ, ар мыжурэкIэ зэтриIыгъэфынущ Урысейм — ар фщIэркъэ фэ? Инджылызхэр IэпщIэлъапщIэ хъунщ, ауэ къару зыбгъэдэлъыр Урысейращ. Зауэ къращIылIэ щхьэкIэ, абы зыри къыпэлъэщакъым игъащIэм. Фи лIыкIуэр Истамбыл дихун хузэфIэкIащ Урысейм, а зым къыщхьэщыжыфакъым Инджылызыр, атIэ дауэ абы фи лъэпкъыр къызэрихъумэфынур? Инджылызым Iуэхум хэлIыфIыхьын мурад иIэмэ, абы къыщыщIидзэн хуейр Лондон дэс ди лIыкIуэм дежщ. Фи инджылызхэм я щхьэ Iуэхущ зэрахуэр. Урысейм нэхъ лъэщ дунейм къэрал теткъым. Мамыру фыпсэуну фыхуеймэ, зыгурывгъаIуэ: дунейм щытепщэр Тхьэмрэ ди императорымрэщ: — Тхьэр — уафэм, ди императорыр — щIылъэм! Зауэ фыхуэмеймэ, тфIэвдыгъуауэ хъуар къыдэфтыжынщи, ди императорым и унафэм фыфIэкIынкъым. Гъэр фщIахэмрэ фи деж нэкIуэсахэмрэ къыдэфтыжа нэужь, тет ныфхуэдгъэкIуэнущи, абы къыфхуищI фи унафэщ. ДяпэкIэ, урысхэр фи деж ныщыкIуэкIэ, ахэр евгъэблэгъэн хуейщ, ерыскъыи нэгъуэщIи щывгъэщIэнкъым. Урыс хьэщIэхэм фи тхьэмадэхэм яхуэфщI пщIэм хуэдэ къахуэфщIынщ… Дызыхуейм дыкIуэкIэ фыкъытпэрыуэ хъунукъым, дызыхуей щIыпIэм быдапIэ щыдухуэнуи хуит дыфщIынщ, абы щхьэкIэ дызыхуейм хуэдиз цIыхуи пхъэкIэбжьэкIи къыдэфтынщ. ФыкъыдэмыдаIуэмэ, фи хэкур къыфтетхынурэ фи унафэри тщIынущ. Абы къыхэкIкIэ, си псалъэм фыкъеувалIэ. Дэ вжетIэр фи фIэщ фщIын хуейщ фэ, итIанэщ гущIэгъу щыфхуэтщIынур, арыншамэ, фи псыхъуэхэм мафIэ лыгъэр къыщылыдынущ, фи къуршхэр зэтедгъэщэхэнущ! Ди IэмыщIэ зыкъифлъхьэмэщ фи щхьэр хъума щыхъунур. Армыракъэ — фи мылъкур псори, уеблэмэ фи Iэщэ-фащэри дэкIуэу, къыфтетхынурэ, гъэр фытщIынущ. Вельяминов». Абы и жэуапыр дэ дагъэтхын я гугъащ шэрджэсхэм, ди псалъэр нэхъ ткIыбжь хъун къафIэщIырти. Сытми, зэчэнджэщыжа нэужь, жэуапыр хеящIэм ирагъэтхащ: «Къытхуэптхар къыдгурыIуащ. Уэ уурыс генералщ, дэ Тхьэм и шыкуркIэ, дымуслъымэн къабзэщ. ПцIымрэ щхьэхуещагъэмрэ дыпэIэщIэщ — аращ ди бегъымбарым дызыхуриджэр. ИлъэсипщI хъуауэ дызозауэ икIи дуней псор щыгъуазэщ дяку ныбжьэгъугъэ зэримылъым. Мыр нэттхын хуейуэ ди пщэм къыдилъхьащ инджылыз пащтыхьым. Уафэм и щIагъ щIэткъым Инджылызым нэхърэ нэхъ къэрал инрэ нэхъ лъэщрэ. СыткIи япэ итщ ар, пцIыи хэзагъэркъым. Уи жьэм дауэ къекIуа ар — Инджылызыр пцIыIуэпцIышэщ жыпIэныр? Дэ дощIэ Франджыр Мысырым щытеуам щыгъуэ Инджылызыр ди къуэш мамлюкхэм къазэрыдэщIар. Абы лъандэрэ ныбжьэгъу зэхуэхъуащ Инджылызымрэ Шэрджэсымрэ. Инджылызыр зэи къыдэпцIыжакъым дэ, ар игъащIэми къадощI муслъымэнхэм. Иджыпсту ди Iуэху зытетым щыгъуазэщ ар, къыддэIэпыкъунуи хьэзырщ. ТенджызитIым яку дэс лъэпкъхэр псори дызэшщ, зауэ фэтщIылIэн муради диIэкъым. Фэри дызэрыфщыгугъыр аращ: ди щIым къифщIыхьа быдапIэхэр фкъутэжи, Псыжь фызэпрыкIыж. Абы и ужькIэ дызэгурыIуэнщи, ди жагъуэ зэрыщIыжынкъым. Ар щIывжетIэр дыфщышынэу аракъым, зи жьауэ дыщIэува Инджылызым апхуэдэ чэнджэщ къыдехьэлIэри аращ. Дэ вжетIэм федэIуэн фи щхьэ тевмылъхьэмэ, фызэрегуакIуэщ, нэхъ ффIэзахуэр влэжь, ауэ афIэкIа зыри къытхуэвмытх, къытхуэфтхми, деджэнукъым. Инджылыз пащтыхьым и унафэм ипкъ иткIэ, ди тенджыз Iуфэр хуит яхуэтщIынущ сатуущIэхэм, аращ фи быдапIэхэр икIэщIыпIэкIэ фкъутэжын хуейуэ щIыфпэдубыдыр. Уи щхьэм куэд тыболъхьэж уэ, ди хэкур зэтепкъутэну щыжыпIэкIэ. Ар зыхузэфIэкIынур Тхьэ закъуэрщ. Узыхуейуэ хъуар къыдэпщIэфыну жыбоIэ уэ, дэ дылъэпкъ цIыкIуми, Тхьэмрэ Инджылызымрэ къыддоIэпыкъури, иджыри къэс къыдэфщIэфаIакъым. Мыбы жэуап къептыжын мурад пщIымэ, жэуапыр зыхуэптхынур инджылыз пащтыхьырщ — абы и унафэм дызэрыщIэувар бжетIащ; жэуап къыдумытыжынумэ, афIэкIа къытхуумытхIа, зауэри зэпывмыгъэу. Мыр ныщIэттхыр фи топхэмрэ фи гынымрэ дагъэщтауэ аракъым — ар уигу къыумыгъэкIыххэ…» Урысхэм я деж лIыкIуэ щэнейрэ ягъэкIуащ шэрджэс тхьэмадэхэм — лорд Понсонби къарихьэлIа чэнджэщым ипкъ иткIэ. ЛIыкIуэр щэнейрэ ягъэкIуа нэужь, тхьэмадэхэм къагурыIуащ генералым къепсэлъэн мурад зэримыIэр; итIанэ зауэм зыхуагъэхьэзыращ. ЗэзыдзэкIар КЪЭРМОКЪУЭ Хьэмидщ. Убыххэм я лъэIу Кавказ зауэр и кIэм нэблэгъауэ, 1864 гъэм и гъатхэм, убыххэр къиувыхьауэ щытащ генерал Гейман Василий зи пашэ дзэм. Абы и хъыбар итхыжащ полковник Эсадзе Семен («Покорение Западного Кавказа и окончание Кавказской войны». Тифлис. 1914): Убых зауэлI. Сурэтыр Гагарин Григорий ищIащ. 1840 гъэ Гупищ зращIыкIри, хы Iуфэм Iутурэ, дзэр гъатхэпэм и 5-м (1864 гъэм) Лазарев фортым нэсащ. Абдеж щыщIадзэн хуейт убыххэм ебгъэрыкIуэн. Убых тхьэмадэхэм ящыщу абы щыгъуэ нэхъ пщIэ зиIар Бэрзэджхэ Дэгумыкъуэ, Джырандыкъуэ, Бабыкъу Алим-Джэрий, Хьэпакъ Елбэз, Бэрэкъей Дзэпщ сымэт. ЦIыху къулейт ахэр, Бэрэкъейм Тыркум благъэ щикуэдт, убыххэр европей къэралхэм щигъэгугъ зэпытт; аращ европей хьэгъапхъэхэр убыхыщIым къизышар. Джырандыкъуэ хьэжыр дзэпщ цIэрыIуэт, абазэхэхэм, убыххэм, шапсыгъхэм пашэ яхуэхъурейуэ щытат. А махуэ дыдэм генерал Гейман убыххэм яхуитхащ: «Фэ фIыуэ фощIэ абазэхэхэмрэ шапсыгъхэмрэ Iэщэр ягъэтIылъауэ Тыркум зэрыIэпхъуэр; ди IэмыщIэ зыкъизылъхьахэм Лабэрэ Псыжь Iуфэрэ щIы щадот. Фи закъуэщ къэнар, убыххэ. Фхудимурадым фыхуеймэ, мыращ фпэдубыдыр: гъэр фщIа урысхэр икIэщIыпIэкIэ къыдэфтыжынщ; Тыркум Iэпхъуэн зи щIасэхэр, пIалъэ къыхэвмыгъэкIыу, бгым фыкъикIынщи, Шахэ, Уэрданэ, Сочэ псыхэр тен-джызым щыхэхуэм деж фыщызэхуэсынщ, абдежым тырку кхъухьхэр къекIуэлIэнущи, фи гъуэгур занщIэщ. Ди IэмыщIэ зыкъизылъхьэхэр Псыжь дгъэIэпхъуэнущ. ЦIыху губзыгъэ къызэрыфхэтыр сощIэ, зывмыгъэунэхъуж, абазэхэхэм къащыщIарщ фэри къыфпэплъэр. Фэращ абазэхэхэр къызэщIэзыгъаплъэурэ зыгъэунэхъуар. ФыкъыдэмыдаIуэмэ, фыкъэдувыхьынурэ, бгым фыкъитхунущ, фи пщылIхэр къыфтетхынурэ, Iузэв тенджызым и Iуфэм фыIудгуэнущ». Абы убыххэр игъэшынагъэнущ. ЕтIуанэ махуэм убых тхьэмадэхэр къэкIуащ генералым деж, ахэр цIыху пщыкIутI хъурт, Бэрзэдж Елбэз я пашэу, Бабыкъу хьэжыри ящIыгъут. Гейман хъыбар къызэрырагъэщIамкIэ, затын щхьэкIэтэкъым ахэр къыщIежьар, урыс дзэпщым епсэлъэн папщIэт. — СлIо, убыххэ, — япежьащ Гейман абыхэм, — щхьэ фыкъэкIуа? Дэнэ щыIэ Iэджэ щIауэ фызыпэплъэ европейхэр? Къыфхуашакъэ топрэ топышэрэ? Фи дзейхэм утыкум фыкърана? — Ди щхьэм фIэкI, нэгъуэщIым дыщыгугъ зэрымыхъунур ди фIэщ хъуащ, — жаIащ убых тхьэмадэхэм. — Утыкум дыкъранар пэжщ, я щIыб къытхуагъэзэжащ псоми. Ауэ дэ дылъэпкъщ иджыри, ди щхьэ дыхуитщ, дывэпсэлъэн щхьэкIэщ дыкъыщIэкIуар, дызыщIэлъэIур вжетIэнщ. — Фэра къыдэпсэлъэнур? Убыххэра? Фыкъыдэзауи, дефхужьэж. Фэ фылъэщщ, ар фхузэфIэкIынущ. — ТхузэфIэкIыжынукъым. Ди щхьэр хэтлъхьэху дывэзэуэфынущ — абы щхьэкIэ дыкъикIуэтынукъым. Удын фэддзынущ, ауэ дэри дыхэкIуэдэнущ. А псом дыхэмытын щхьэкIэ, дызэвгъэпсалъи, дызэгурывгъаIуэ. Мазищ пIалъэщ дызыщIэлъэIур: Тыркум дыIэпхъуэнущ псори. Сымаджэ, уIэгъэ диIэщ, нэхъыбэр бгым исщ, тенджызым пэжыжьэщ. Ди мылъкури икъухьащ. ПIалъэ къыдэфти, апщIондэху ди хэкум фынимыхьэ. — Шапсыгъхэм къывжаIауэ фощIэ фэ къыфпэплъэр, — жиIащ генералым. — Гъуэгу фытехьэнумэ, хущIыхьэгъуэ фиIащ. Фэр щхьэкIэ дышынэркъым дэ, къыдэфщIэфыни щыIэжкъым: абазэхэхэмрэ шапсыгъхэмрэ нэхърэ нэхъ гугъу дывдехьынукъым. ГущIэгъу фхуэтщIынкIэ, дыфщысхьынкIэ фыкъытщымыгугъ… АфIэкIа сывэпсэлъэн мурад сиIэкъым. Фпэзубыдыр ныфхуэстхакIэщ, си псалъэм фемыувалIэмэ, дзэр несшэжьэнурэ фи хэкум сынихьэнущ. — Ар къыдгуроIуэ дэ. Абазэхэхэмрэ шапсыгъхэмрэ ятекIуам дызэрыпэмылъэщынур дощIэ, итIани гущIэгъу къытхуэфщIынкIэ дыфщогугъ, — жиIащ Елбэз. — Фи щхьэр къэвмыгъэпцIэж абыкIэ, — яхуэгубжьащ генералыр убых тхьэмадэхэм. — Сэ фызоцIыху фэ, фызэщэри сощIэ. Тенджыз Iуфэм фыщызэхуэсынумэ, гъуэгур фоцIыху. ЗымыцIыху къыфхэтмэ, шапсыгъхэмрэ абазэхэхэмрэ иреупщI. АфIэкIа фхудэсчыхынукъым. Ар жери, генералым лъэныкъуэ зригъэзыжащ. Убых тхьэмадэхэм къагурыIуащ я лъэпкъым и унафэм кIэ зэригъуэтар». Сказано об адыгах ГЕРОИЧЕСКОЕ ПОВЕСТВОВАНИЕ О СВОБОДЕ Черкесы (адыги) — один из наиболее древних народов мира. Их история столь продолжительна, что, за исключением Китая, Египта и Персии, история любой другой страны не более чем рассказ о вчерашнем дне. У черкесов поразительная особенность: они никогда не жили в подчинении внешнему господству. Адыги терпели поражение, их вытесняли в горы, подавляли превосходящей силой. Но они никогда не подчинялись никому, кроме собственных законов. И сейчас черкесы живут под властью своих вождей, по собственным обычаям. Черкесы интересны еще и тем, что представляют собой единственный народ на поверхности земного шара, который столь далеко в прошлое может проследить независимую национальную историю. Они немногочисленны, но их регион столь важен, а их характер столь поразителен, что черкесы хорошо известны древним цивилизациям. Упоминания о них встречаются у Геродота, Верия Флакка, Помпония Мелы, Страбона, Плутарха и других великих писателей. Их предания, легенды, эпос представляют собой героическое повествование о свободе, которую они сохраняют по меньшей мере в течение последних 2300 лет перед лицом самых могущественных в человеческой памяти правителей. «Иллюстрированный журнал Глисона». Лондон, 1854 г., январь, с.304. ЛIыукIыр лIыхъужьу пIэрэ? И къэралымрэ и адэжь Хэкумрэ и къаруми и гъащIэми емыблэжу зыхъумэж, лIыгъэрэ хахуагъэрэ зезыхьэ дэтхэнэ зауэлIми щытхъурэ щIыхьрэ хуэфащэщ. Ар гъэлъэпIэн, абы иригушхуэн хуейщ. ФIыщIэ къыпхуищIын фIэкIа, абы щхьэкIэ зыми и губгъэн къэпхьынукъым, нэмыплъи къуитынукъым. БгъэлъапIэ хъунущ, къапщтэмэ, Донской Дмитрий, Пожарский Дмитрий, Кутузов Михаил, Жуков Георгий, Шапошников Борис, Василевский Александр, Малиновский Родион сымэ, нэгъуэщI дзэзешэ куэдри. Абыхэм зыкIи ебгъэщхь хъунукъым икIи апхуэдэ пщIэ яхуэфащэкъым хамэщI зэрыпхъуэным жыджэру хэта «лIыхъужьхэр». Апхуэдэхэм ящыщщ, къапщтэмэ, инфантерием (лъэсыдзэм) и генерал-лейтенант граф Евдокимов Н. И. Хэт ар? Дэнэ щыщ? Евдокимовым и цIэр къыгуэхыпIэ имыIэу пыщIащ Кавказ зауэм и тхыдэм. Кавказ щIыналъэр къэзэуным, абы щыпсэу лъэпкъхэр гущIэгъуншэу зэтеукIэным жыджэру хэта пащтыхь генералхэм я гупым ар хохьэ, бжьыпэр зыIыгъахэм ящыщу. Адыгэ лъэпкъыр зытеунэхъуа ИстамбылакIуэм и къызэгъэпэщакIуэ емышыжу щытащ ар. Евдокимов Николай Шэшэн щIыналъэм щыщ Наурскэ станицэм 1804 гъэм къыщалъхуащ. Абы и адэ Иван илъэс 29-кIэ дзэм къулыкъу щызыщIа урыс сэлэтт. И анэ Савельевэ Дарье къэзакъ цIыхубз къызэрыгуэкIт. И ныбжьыр илъэс 16 фIэкIа мыхъуауэ Евдокимовыр Тенгинскэ лъэсыдзэ полкым юнкеру хыхьащ икIи илъэси 3-кIэ абы къулыкъу щищIащ. Хэт и гугъэнт унагъуэ хуэмыщIам къыхэкIа щIалэжь цIыкIур император Александр ЕтIуанэм и гъэфIэн хъуну, инфантерием и генерал-лейтенантым нэсыну, «граф» цIэр къыфIащыну? Абы и щхьэусыгъуэр урыс пащтыхьым Кавказым щригъэкIуэкI зэрыпхъуакIуэ политикэм и телъхьэу зэрыщытыр арат — псалъэкIэ мыхъуу — IуэхукIэ. Евдокимов Николай бгырысхэм езэуащ юнкеру щыщытам къыщыщIэдзауэ генерал-лейтенант хъуху. Езым ещхь генералхэу Ермоловым, Вельяминовым, Глазенап, Барятинскэм, Засс, нэгъуэщIхэми хуэдэу, бгырысхэм гущIэгъуншэу яхущытащ, куэд дыдэм я псэр игъэнащ, я щIыналъэхэр иубыдащ, ахэр зейхэр ирихури, къэзакъхэмрэ урысхэмрэ къригъэтIысхьащ. А псом ящIыIужкIэ, ар щытащ адыгэ лъэпкъхэр Тыркум къэгъазэ имыIэу гъэIэпхъуэным и жэрдэмщIакIуэ жыджэру… И ныбжьыр илъэс 19 ирикъуа къудейт, Евдокимовым лIыщхьэхэм гу къыщылъатам. Зэгуэр къызэрыщIэхуам папщIэ тезыр къызэрытралъхьэнур къыгурыIуэжри, абы мурад ищIащ лIыгъэкIэ «зыкъищэхужыну». Iуэхур къыщыхъуар Минвод и Iэшэлъашэхэрщ. Абдеж щитIысыкIа дзэм хъыбар къыIэрыхьащ адыгэ гуп къатеуэнкIэ шынагъуэ зэрыщыIэмкIэ, ауэ ахэр щызэхуэса щIыпIэмрэ абыхэм я къарур зыхуэдизымрэ ящIэртэкъым. Зы цIыхум псалъэ жримыIэу, Евдокимовым факъырэ щыгъынкIэ зихуапэри, адыгэ шуудзэр щызэхуэсауэ хуагъэфащэ лъэныкъуэмкIэ иунэтIащ, тIасхъэщIэх кIуэуэ. Шынагъуэм и ныбжьым къыдикIухьу, махуитIкIэ къэта нэужь, къекIуэлIэжри, абы полкым и унафэщIым хуиIуэтащ бийр (адыгэхэр) щызэхуэса щIыпIэр зыхуэзэр икIи абыхэм я къарур зыхуэдизыр. КъыкIэлъыкIуэ махуэм полкыр хуэщIауэ ежьэри, абыхэм къапэмыплъа адыгэ шухэм ебгъэрыкIуащ… Зэрихьа «лIыгъэм» папщIэ Евдокимовыр прапорщик ящIащ. Куэд дэмыкIыуи Дербент щаIыгъ лъэсыдзэ полкым ягъэкIуащ, къулыкъум пищэну. Дагъыстанми Шэшэнми я щIыналъэхэм «лIыгъэшхуэ» щызэрихьэу илъэс зыбжанэкIэ бгырысхэм езэуащ. Тарки деж щекIуэкIа зауэ гуащIэм ар уIэгъэ хьэлъэ щыхъуауэ щытащ, и щхьэм пхрыкIыу и нэ сэмэгум и лъабжьэкIэ шэ къыщытехуэри. «Нэ цIыкIуищ» цIэ лейр абы щигъуэтар а лъэхъэнэм щыгъуэщ. ГъэщIэгъуэнракъэ, «мафIэм имыс, псым имытхьэлэ» Евдокимовыр нэгъуэщI псэзэпылъхьэпIэхэми къелащ: Гимри, Гоцатль жылагъуэхэм деж щызауэурэ, ар контузие хъуащ, 1842 гъэм Унцукуль къуажэм и тхьэмадэхэр къызэхуишэсауэ щепсалъэм, абыхэм ящыщ гуэр къыбгъэдыхьэри, къамэкIэ къепыджауэ щытащ. Лъыр къызыщIэж Евдокимовыр бгырысхэм къащтэри, гъунэгъуу щыт унэм яхьащ. Ротэм я фельдшерым и Iэзэгъуэ зэрыхэмылъыр къагурыIуэри, абыхэм Iэзэ гуэр нэгъуэщI щIыпIэм кърашащ икIи ирагъэгъэхъужащ, ажалым кърагъэлащ. Iуэхутхьэбзэтэкъэ ар? Ауэ Евдокимовым ар зэхищIыкIакъым. Псэууэ къызэрырагъэлами мыхьэнэшхуэ иритакъым. Абы щIидзэжащ (мазитI дэкIа нэужь) и гъащIэм къыхупызыща бгырысхэм езауэу. 1850 гъэм генерал-майор ящIа Евдокимовыр ягъэуващ Кавказ линием и ижьырабгъу флангым и унафэщIу. Генерал Ермоловым къигупсысауэ щыта хабзэ мыхъумыщIэм ткIийуэ тету, Евдокимовыр зи унафэщI дзэхэм къуажэхэр, гъавэхэр ягъэсырт, дзэр ирикIуэ хъун папщIэ, мэзхэр ираупщIыкIырт, быдапIэхэр ящIырт, къэзакъхэмрэ къэралым и адрей щIыпIэхэм къиIэпхъукIахэмрэ дагъэтIысхьэн папщIэ, станицэхэр яухуэрт, игъащIэ лъандэрэ щIыпIэм ис бгырысхэр ирахуурэ. 1854 гъэм Евдокимовым зэхилъхьауэ щытащ «Кавказ линием и ижьырабгъу флангым, сэбэпынагъ къишэн папщIэ, щыгъэзэщIэн хуей Iуэхугъуэхэр» планыр. Ар хъуащ Кавказым и КъухьэпIэ лъэны-къуэр зи лъахэ адыгэхэм лъапсэрыхыр къахуэзыгъэкIуа план. Император Александр ЕтIуанэм а планыр къабыл ищIауэ щытащ. 1855 гъэм дыгъэгъазэм и 28-м Евдокимовыр 20-нэ лъэсыдзэ дивизэм и унафэщIу икIи Кавказ линием и сэмэгурабгъу флангым и унафэщIу ягъэуври, КъуэкIыпIэ Кавказым щызэуащ. КъыкIэлъыкIуэ гъэм и пэщIэдзэхэм Шэшэным ихьэри, абы Iисрафыр хилъхьащ. Щамил и хэщIапIэ нэхъыщхьэр здэщыIэ Ведено жылагъуэр иубыдащ, Гуниб зэтрикъутащ… НалкъуткIэ гъэщIэрэщIауэ Евдокимовым дыщэ къамэ къратауэ щытащ 1857-1858 гъэхэм Дагъыстанымрэ Шэшэнымрэ щызэрихьа «хахуагъэ иным» папщIэ. А лъэхъэнэращ граф цIэр къыщыфIащари. Щамил зита нэужь, КъуэкIыпIэ КавказымкIэ зауэр щыувыIа щхьэкIэ, КъухьэпIэ Кавказым ар щыщиухынур гурыIуэгъуэтэкъым. Кавказым и тет фельдмаршал Барятинский А. И. къолъытащ а лъэныкъуэмкIэ ерыщагъ хэлъу зауэр щегъэкIуэкIын хуейуэ икIи 1860 гъэм Евдокимовыр игъэуващ абыкIэ щыIэ дзэ псоми я унафэщIу. Абы щыгъуэт Евдокимовым адыгэхэм IисрафыпцIэр яхилъхьэу щыхуежьар. Абы и гум зигъэнщIыртэкъым адыгэхэр зэтриукIэу, зэтригъасхьэу, я щIыналъэм ирихуурэ бгы гъуанэхэм зэрырихуэж къудеймкIэ: ткIийуэ къигъэуват, щIыналъэм ирагъэкIыу, ахэр Тыркум ягъэIэпхъуэн хуейуэ, къэгъазэ ямыIэу. 1861 гъэм фокIадэ мазэм Псыжь къэкIуауэ щыта пащтыхь Александр ЕтIуанэр абы къигъэгугъауэ щытащ илъэси 5 пIалъэм къриубыдэу КъухьэпIэ Кавказым бгырысхэр иригъэкъэбзыкIыну икIи щIыналъэм къэзакъхэмрэ урысхэмрэ къригъэтIысхьэну. Зыхуигъэувыжа къалэныр Евдокимовым нэхъ пасэжуи зэфIигъэкIащ, илъэс куэдкIэ екIуэкIа Кавказ зауэми кIэ иритащ. Ар къыщыхъуар 1864 гъэм накъыгъэм и 21-рщ… Зи гугъу тщIы «лIыгъэм» папщIэ Евдокимовым къыхуагъэфэщащ Георгий орденым и етIуанэ нагъыщэр. Абы нэмыщI, генералым къратауэ щытащ Урысей империем и орден нэхъ лъапIэхэм ящыщ зыбжанэ. Евдокимов Николай 1873 гъэм накъыгъэм и 22-м дунейм ехыжащ. ПщIэшхуэ хуащIу, ар Псыхуабэ щыщIалъхьащ. ЛIыгъур Чэрим. Адыгэ зауэлIхэм я хэщIапIэ. 1840 гъэ. Сурэтыр Бёлл Джеймс и тхылъым къитхыжащ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27771.txt" }
Хьэмчэты Абазэхэ лIыкIуэхэм епсэлъэн папщIэ, урыс пащтыхьыр (Александр ЕтIуанэр) 1861 гъэм и бжьыхьэм Хьэмчэты къызэрыкIуэм и хъыбар Iуащ. Абазэхэхэмрэ урыс пащтыхьымрэ зэрызэIущIам и хъыбарыр иджыри къэс ящIэж зи ныбжь хэкIуэтахэм — зыбжанэрэ срихьэлIащ апхуэдэ лIыжьхэм, абыхэм ящыщщ си анэ дэлъху Азэмэт — Бгъуащэ Мэхьэмчэрий. Си анэ дэлъхум илъэс тIощI хуэдиз и ныбжьт а зэманым; ари ирихьэлIащ Хьэмчэты зэIущIэм. Абы къызэрызжиIамкIэ, пащтыхьыр къэмыс щIыкIэ цIыху куэд дыдэ щызэхыхьат Хьэмчэты деж: хуейм ихьэри, лъэсхэр хъурейуэ къеувэкIауэ зэхэтт, шухэр абыхэм я щIыб къыдэуващ. ЛIыкIуэхэр утыкум щызэхэуващ, ахэр зи пщIэр лъагэ тхьэмадэ, шупашэ цIэрыIуэхэрт. Махуэр уэфIт, уафэр бзыгъэт. Шэджагъуэ хъуауэ, шу гуп тралъэгъуащ гъуэгум. Заул нэхъ дэкIакъым — шухэр къэблэгъащ. Шууищ япэ итщ: пащтыхьыр яку дэтщ, абы и ижьырабгъур иIыгъщ генерал Лорис-Меликовым, сэмэгурабгъумкIэ — тэрмэш, полковник пщы Ло Мэмэт-Джэрий; абыхэм я ужь итщ генералхэмрэ лIыщхьэхэмрэ; шу гъусэхэмрэ щхьэхъумэхэмрэ къакIэлъоIэ. Шухэм яхэтщ пащтыхьым деж къулыкъу щызыщIэ бгырыс офицерхэри; Ло Мэмэт-Джэрий псоми къахэщырт, ар щIэныгъэ зиIэ офицерт (кадет корпус къиухат), абазэпщхэм ящыщт. Урысыбзэми адыгэбзэми хуэшэрыуэт ар. ЦIыху щхьэпэлъагэкIэ уеджэнтэкъым, илъэс 40-45-м ит лIыку бжьыфIэт. Ло Мэмэт-Джэрий адыгэ цей екIу щыгът, хьэзыр Iупэхут, и бгым дыжьын къамэ ищIат, хъурыфэ пыIэ лъагэ щхьэрыгът. И фащэкIи и зыIыгъыкIэкIи псоми къахэщырт. ЦIыхур къызэщIэвати, гъуор яхэувэри, зэтригъэсабыращ. Пащтыхьыр гъунэгъу къахуэхъури, епсыхащ, и гъусэхэри епсыхащ. ЦIыхур зэкIэщIэкIуэтри, пащтыхьыр утыкум ирагъэхьащ. «Здравствуйте, абадзехи!» — сэлам къарихащ пащтыхьым. Япэ ит лIыкIуэхэм сэлам ирахыжащ пащтыхьым: «Берычэт бесын!» Пащтыхьым жиIащ: «Сэ бий хуэдэукъым сыкъызэрыкIуар, фIы къывэхъулIэмэ зи гуапэ фи ныбжьэгъу хуэдэущ. Фи лъэпкъхэр псэууэ къызэрызэтенэнщ сэ сызыхуейр, фи хэкур зэрыффIэмыкIуэдынщ, дяку мамырыгъэрэ ныбжьэгъугъэрэ зэрыдэлъынщ. Урысейр къэрал абрагъуэщ, къалэнышхуэ къытпэщылъщ дэ. Ди гъунапкъэхэр дгъэбыдэн, хым дынэсын хуейщ, адрей къэралхэм далъэIэсын щхьэкIэ. ХымкIэщ адрей къэралхэм сату зэрадэтщIыфынур. Тенджыз ФIыцIэр ди IэмыщIэ къимыхуэмэ, ар тхузэфIэкIынукъым. ДызэгурывгъаIуи, фи щIым гъуэгуищ пхыдвгъэш, тенджыз ФIыцIэм и Iуфэм дыIухьэнущи — Анапэ, Суджыкъу къалэ, ТIуапсэ нэс. Гъуэгухэр щытщIкIэ жылагъуэ гуэр дгъэIэпхъуэн хуей хъумэ, ахъшэ фэттынущ. Фэ урыс пащтыхьым и IэмыщIэ зифлъхьэн хуейщ, абы и зэран къывэкIынукъым фэ: фи лъэпкъ хабзэхэм дыхэIэбэнукъым, фи диныр зефхьэж, фызэрыхуейуэ фыпсэу. Куэд щIащ фэ фыкъызэрыдэзауэрэ, лIыгъэ зэрыфхэлъри фызэрыхахуэри дощIэ. Фи лIыфI куэд хэкIуэдащ зауэм, ауэ дэ фыкъытпэлъэщынукъым — си дзэр инщ, лъэщщ. Зауэр и кIэм нэблэгъащ — Кавказыр урысхэм ей хъунущ. Зауэм хэкIуэдар ирикъунщ, акъыл зиIэм къыгурыIуэнущ ар. Фи щхьэр зыхэфлъхьэ зауэр вгъэувыIэмэ, фи лъэпкъыр къызэтенэнущ, нэхъыфIуи фыпсэу хъунущ. Урысей къэралым фи бийхэм фащихъумэнущ, абы и нэIэ фыщIэтынущ, къыфщхьэщыжынущ, уIэгъэхэр кIыжынщ, афIэкI дызэбиижынкъым, фи гукъеуэхэри фщыгъупщэжынщ, илъэс щэ ныкъуэ нэхъ дэмыкIыу къэралым фыхэсыхьынщи, захуагъэм тещIыхьа къэрал хабзэкIэ фыпсэу хъунщ. Фи щIэблэхэм щIэныгъэ ягъуэтынщ, фэ нэхърэ нэхъ тыншу псэу хъунщ ахэр. Фи Iуэхур хэплъэгъуэ хъуащ иджыпсту, аращ сыщIывэлъэIур: Кавказыр Урысейм и IэмыщIэ зэрихуэнур фIэкIыпIэ зимыIэщи, ар зэхэфщIыкI, си псалъэм фыкъедаIуэрэ си унафэм фыкъеувалIэмэ, фи лъэпкъыр къызэтенэнущ, абы фIыгъуэщ къыфхудэкIуэнур. ФыкъызэмыдаIуэмэ, си генералхэм унафэ яхуэсщIынурэ зауэм щIэх дыдэ кIэ ирезгъэтынущ, абы сыт хуэдиз хэкIуадэми; зауэм фэ къыфхуихьынур мыгъуагъэщ, абы хисхьэнущ фи лъэпкъыр… ФызыщIэгупсысыжи, фIэкIыпIэ зимыIэм феувалIэ. Пащтыхьым и псалъэр быдэщ, сэ вжызоIэ ар зэрызгъэпэжынур, ар пащтыхь унафэкIэ фи фIэщ сщIынщ». Полковник Ло Мэмэт-Джэрий адыгэбзэ къабзэкIэ цIыхум къагуригъэIуащ пащтыхьым и псалъэ шынагъуэхэр. Щым хъуауэ зэхэтащ абазэхэхэр, тэрмэшым и псалъэр нигъэсыху. Заул дэкIри, утыкум къихьащ Хьэжымыкъуэ Хьэжы — арат япэ псалъэр зылъагъэсар. «Си хэкур апхуэдизкIэ фIыуэ солъагъури, псэр щIэстми, ар ди щIэблэм зэрыхуэсхъумэным сыхуэхьэзырщ сэ, — жиIащ абы. — Ди хэкум и хуитыныгъэм куэдрэ щIэзэуащ ди адэжьхэр, ар нобэрей щIэблэм тхуахъумащ. Иджы солъагъу ар IэщэкIэ зэрыдмыхъумэжыфынур. Ди гъунэгъу къэралхэм ящыщ зым дыхыхьэн хуейуэ и чэзу хъуащ… Тыркур динкIэ нэхъ тпэгъунэгъущ дэ, ауэ дзэкIэ зыкъытщIигъэкъуэну хуейкъым ар… Урысхэр куэд мэхъу, дэ дымащIэщ, ди къарур зэхуэдэкъым, дапэлъэщынукъым! Сэ жысIэращ: урыс пащтыхьым и унафэм девгъэувалIэ, ди натIэм къритхам дыфIэкIынукъым, Тхьэм игу къыдэбгъэнкъым абы щхьэкIэ…» ЦIыхур Iэуэлъауэ хъуащ, хуэм-хуэмурэ къызэрыгъэплъри. Пащтыхьыр къаскIэри, тэрмэшым еупщIащ: сыт а тхьэмадэм жиIар; абы и псалъэр ягу ирихьагъэнкъым цIыхум. Хьэжымыкъуэм и псалъэр гуригъэIуа нэужь, пащтыхьым жиIащ: «Тхьэмадэр захуэщ, ауэ абы и псалъэр къабыл ящIа хъункъым цIыхум!..» Хьэжымыкъуэм и ужькIэ къэпсэлъар Цей ЛIыщэщ. Ар лIыжь гъур лъагэт, и жьакIэ лъагуэр тхъуауэ, зэрыткIыбжьыр и нэгукIэ къапщIэу. Цейр жьакIуэт — абы цIэрыIуэ ирихъуауэ; зэи зыми щышынэртэкъым ар, и гум илъри ибзыщIынутэкъым. ЦIыхум яхэплъэри, пащтыхьым зыхуригъэзэкIащ Цей ЛIыщэ. «И къалэнти, урыс пащтыхьым къыджиIэн хуейр къыджиIащ, сигу ебгъэркъым абы, ауэ сэ жысIэнумрэ пащтыхьыр зыхуеймрэ зэтехуэнукъым. ЦIыхур зэщ къызэралъхур, жьы мэхъури дунейм йохыж. Лъэпкъри аращ. ЦIыхум илъэсищэ къигъэщIэнкIэ мэхъу, лъэпкъыр илъэс минкIэ мэпсэу… Уахъты зимыIэ щыIэкъым. Кавказыр игу ирихьащ урыс пащтыхьми, ар зыIэщIиубыдэн щхьэкIэ, илъэс хыщI хъуауэ къыдозауэ. Дэри ди нэщ, ди псэщ ди хэкур, ар тхъумэурэ гъащIэр ттыфынущ. Абы щхьэкIэ жэуап щыдохь ди адэжьхэмрэ ди Тхьэмрэ я пащхьэм. Ди щхьэр нэхъ дгъэнэхъыфIыркъым дэ — абыкIэ зыми шэч къытхуищIыфынукъым: ди псэм дыщебла къэхъуакъым. Лъы догъажэ, зауэм дыхокIуадэ, ар нэхъыфIщ гъэрыпIэм дихуэ нэхърэ. Ди хабзи ди дини къыхэмыIэбэну дыкъегъэгугъэ урыс пащтыхьым — ар ди фIэщ хъуркъым. Шыгъу Iэбжьыб хэфкIутэт псы чейм — шыгъу Iэбжьыбыр псым хэткIухьынущ. Лъэпкъышхуэм и IэмыщIэ ихуа лъэпкъ цIыкIуми аращ къыщыщIынур… Ди хуитыныгъэр тфIэкIуэдамэ, ди лъэпкъыр хэкIуэдэжащ — арыншауэ хъуркъым. Абы дыщIэзэун хуейщ, ди псэр пытыху. Ди хэкум, ди лъэпкъым, ди щIыхьым гъащIэр щIэтткIэ, емыкIу дыкъэзыщIын щыIэкъым. Кавказыр урысхэм яIэрыхьэнкIи хъунщ, ауэ шэрджэсхэр гъэр хуэщIынкъым урыс пащтыхьым. Игу фIы къытхуилъу, фIыгъуэ къыдэуалIэмэ и гуапэу жеIэ урыс пащтыхьым, итIани илъэс хыщI хъуауэ ди лъыр егъажэ. Хьэуэ, Кавказыр е ди псэм и щIасэ гущапIэу диIэнщ, е кхъэмащэ тхуэхъунщ, ауэ гъащIэ диIэху, ар зыми Iэрыдгъэхьэнкъым. ЩIым дыщIыхьэжмэ нэхъыфIщ гъэрыпIэм дихуэ нэхърэ. Ди адэжьхэм я напэр тетхынкъым, зыщыдгъэгъупщэнкъым абыхэм къызэранэкIа псалъэр: е лIэ, е лIыгъэ зыхэгъэлъ! Пэжыр я нэм щIэпIун я жагъуэщ пащтыхьхэм, ауэ сэ жызоIэ: урыс пащтыхьыр ныбжьэгъу тхуэхъункъым дэ, ар ди биижьщ, дилъ игъэжауэ. Си IэмыщIэ зыкъифлъхьэ, къыджеIэ урыс пащтыхьым. И щхьэр къремыгъэпцIэж абыкIэ. ЛIыгъэ зиIэм зитыркъым, зауэурэ гъащIэм покI. Хьэжымыкъуэ Хьэжы хуэдэ къэрабгъэхэм заткIэ, адыгэ лъэпкъым и напэр текIынукъым». Цей и къуэм и псалъэр щиухым, цIыхур зэрызехьэ хъуащ: «узахуэщ, узахуэщ, Цей и къуэ!» — зэрогъэкIий цIыхур. И нэр къихуауэ, зеплъыхь пащтыхьым, и гъусэхэри гужьеящ, цIыхур къебгъэрыкIуэн я гугъэри. Цей ЛIыщэ и Iэр иIэтри, цIыхур тесабырэжащ. «Урыс пащтыхьыр ди хьэщIэщ нобэ, хьэщIэм кIэлъызэрахьэ хабзэм абазэхэхэр ебэкъуэн иремыгугъэ зыми. ЦIыхур зэбгрырекIыжи, лIыкIуэхэм я унафэм преплъэ». ЦIыхум зэбгрыкIыжын щIадзащ. ЛIыкIуэхэм сэлам къарихыжри, пащтыхьыр шэсыжащ. ЛIыкIуэхэр, цIыху 28-рэ хъууэ, Куржыпс кIуэжащ, зауэм и унафэр ящIын хуейти. «Черкесская правда», 1922 гъэ, жэпуэгъуэм и 22-м. Адыгэхэр Шэбэпс деж щозауэ. 1860 гъэ, шыщхьэIум и 7 Сурэтыр Горшельт Теодор ищIащ. Гъыбзэ нэпсхэр Макъамэр Даур Аслъэн, псалъэхэр Щоджэн Аслъэнджэрий яйщ. Зауэжь гуащIэр щекIуэкIам АдыгэлIу къытхэкIам, Нартыжь лIыгъэри я хабзэт, уей. Хэку бэракъыр къаIэтам, Шагъдий жэрхэм техутам, Сэшхуэ жанхэри ягъабзэт, уей. Пащтыхьыжьым хуремыгъу, Дэ Тхьэ лъапIэ дыкъолъагъу. Ди биижьхэр къыдобэкIыр, уей. Къуажэ-жылэхэр ягъэс, Iугъуэ фIыцIэр уафэм нос, Псэууэ къанэр Хэкум йокIыр, уей. Лъыбэу ди щIым щежэхар, Гъыбзэу ди щIым зэхихар Ди къуршыжьхэм къаIуэтэжыр, уей. МылIэжынхэм я фэеплъ, Iуащхьэмахуэ пшэм къыщIоплъ, Гъыбзэ нэпсхэр къыфIыщIожыр, уей. Кавказ зауэм и лIыхъужьхэр Шырыхъукъуэ Дыгъужь Шырыхъукъуэ Дыгъужь и цIэр адыгэ тхыдэми адыгэ IуэрыIуатэми игъащIэкIэ къыхэнащ. Абы и хъыбар куэд ущрохьэлIэ урыс дзэпщхэм къызэранэкIа тхыгъэхэми хамэ къэралхэм къыщыдэкIа тхылъхэми. адыгэ дзэзешэ лIыхъужьхэр: Шырыхъукъуэ Дыгъужь, Хьэджыкъуэ Мухьэмэд, Уардэзауэкъуэ Дзэпщ. Сурэтыр Белл Джеймс ищIащ. 1840 гъэ Белл и тхылъым дыкъыщоджэ: «Шырыхъукъуэ Дыгъужьрэ Жамболэтрэ, я джатэр кърахри, сэлэт щитху хъу дзэм ебгъэрыкIуащ, хьэлэч зэтращIащ, езы тIури хэкIуэда я гугъа щхьэкIэ, уIэгъи мыхъуауэ, мэзым щIыхьэжащ, бийм кIэ ирата нэужь. А зауэм и хъыбар Пщадэ деж къыщытхуаIуэтэжащ». ИлъэсищкIэ исащ Белл Шэрджэсым, абы и ужькIэ итхыжа гукъэкIыжхэм куэдрэ ущрохьэлIэ Шырыхъукъуэ Дыгъужь и хъыбар. «Зэгуэрым, — итхыжащ абы, — урыс быдапIэм зы фоч уэгъуэ хуэдизкIэ бгъэдыхьа шу щыслъагъум, сыкъэгузэващ: блыным топих тетт, сэлэтхэми я фочыр гъэпкIа хьэзырт. «Шырыхъукъуэ Дыгъужьщ ар, къеуэми, шэ къытехуэнукъым», — къызжаIащ сэ. ТопкIи фочкIи къеуащ — зы шэ къытехуакъым, быдапIэм къыдэкIыуи къэзакъ шухэм къракуакъым. Езым шыр сэлэтхэм я пащхьэ щигъэджэгури, лъэбакъуэкIэ къыIуигъэзыкIыжащ». Апхуэдэ лIыгъэ куэдрэ далъэгъуащ Шырыхъукъуэ Дыгъужь. Кавказ зауэр увыIэху, епсыхакъым. 1864 гъэм хэкум икIащ. И ныбжьыр илъэс 80-м нэсауэ, Тыркум щылIащ. ГугъапIэ бзийхэр Шэрджэс зауэ уэрэд Шэрджэс пшыналъэхэр телъыджэ зэрысщыхъуар пхуэIуэтэщIынкъым, я макъамэхэр-щэ?! Тэтэрхэм е тыркухэм яйхэм ебгъапщэмэ, адыгэхэм яйхэр куэдкIэ нэхъ зэкIужщ, зэдэущ. Кхъухьхэм къыщыхадзэ лъэпкъ «уэридэм» къанэ щымыIэу псори дожьу. Телъыджащэщ! Бжьамийм кърагъэкI макъамэри апхуэдэ дыдэу дахащэщ. Ауэ шэрджэсхэм зыми памыщIыр зауэлI уэрэдхэрщ — ахэр зауэм Iухьэну зекIуэ щежьам деж зэрыгупу жаIэ, зауэм утезыгъэгушхуэ пшыналъэхэм мэзхэмрэ бгыхэмрэ я джэрпэджэжыр къадежьууэ, КъуэкIыпIэ лъахэм нэмыщI нэгъуэщI зыщIыпIи узыщыхуэмызэ гушхуэныгъэкIэ цIыхухэм я псэхэр къызэщIаIэтэу. Адыгэхэм я уэрэдхэр зытеухуар къэзакъхэм я деж къыщахьа языныкъуэ текIуэныгъэхэмрэ зауэм гур хуэзыгъаплъэ къыхуеджэныгъэхэмрэ я закъуэкъым. А уэрэдхэм уатепсэлъыхь къудейкIэ, хъарпшэру фIэкI уи нэгум къыпхущIэгъэхьэнукъыми, апхуэдэ уэрэд цIэрыIуэхэм ящыщ зым щыгъуазэ фызощI. Лонгворт Джон, «Таймс» инджылыз газетым и корреспондент. 1839 гъэ ФедаIуэ, федаIуэ бэрэбанэ макъхэм, Ар къежьащ, къыдобгъэрыкIуэ дэ къэзакъхэр. ЗэрогъэкIийхэ, я бжыпэр зэжьэхоуэ, ДатекIуэныр ди гугъапIэурэ дозауэ! ЗауэлI бэракъыр жьым щIехурыхукIыр, Адыгэ! Iэщэр къащтэ! АдыгэщIым щхьэкIэ. Къэдгъэнауэ зауэлIхэм ди унагъуэр, Дожьэ, тхъумэну ди хэку фIыщэу тлъагъур! Дызэуэнущ зы лъы ткIуэпс къытщIэнэхункIэ, Е дылIынущ, е лIы хуэдэу даукIынущ. Е гъыбзэ щIэIукIынущ бгырыс унэм, Е текIуэныгъэм и уэрэд жытIэнущ. ГугъапIэ бзийхэр лъэхъуэщым щIимыдзэ. Щхьэхуитым пщылIыныгъэм зыпыIуедзыр. ДыкъаукIынуи? Сыт-тIэ абы щхьэкIэ? Хъунщ гуапэу мелыIычхэр къытпежьэнкIэ. Зауэм зыпыIуедзыр епцIыжакIуэм. Уи хэкур пщэмэ, сыт хуэдиз къыпэкIуэр? Хьэ лIэкIэр къыпхурекIуэ уэ напэншэм, Уи лъэпкъыр хъунущ дяпэкIэ щIэблэншэ. ФыдаIуэт, фыдаIуэт, топхэр зэдоуэ, Бийр бийм ебгъэрыкIуэжхэурэ зозауэ. Щхьэхуитым пщылIыныгъэм зыпыIуедзыр, ТекIуауэ къытхуокIуэжыр нобэ ди дзэр!!! ЗэзыдзэкIар УЭРЭЗЕЙ Афликщ. Щэхур нахуэ къохъу Маркс Карл 1836 гъэм жэпуэгъуэ мазэм Лондон щежьэри, Шэрджэсым кIуащ «Виксен» кхъухьыр, шыгъу ишэри. Кхъухьыр зейр зиусхьэн Белл Джорджщ. Ар щэкIуэгъуэ мазэм и 25-м урысхэм Суджыкъу къалэ щаубыдащ, шэрджэсхэм шыгъу къахуишэну хуимытауэ жаIэри. Белл и кхъухьыр ятхьэкъуащ, абы и капитанымрэ экипажымрэ Севастополь яшащ, зыкъомрэ щаIыгъа нэужь, къаутIыпщыжащ. Лорд Пальмерстон уафэм сабэ дрипхъей зищIащ Британием и кхъухь Урысейм зэриубыдам щхьэкIэ: «Ар дигу техуэ хъунукъым, Британиер хуитщ дэнэ сату щищIынуми, абы и щIыхьыр зэрытхъумэн къару диIэщ дэ!» — ар жиIэри парламентым и пащхьэм иуващ лорд Пальмерстон. Британием и щIыхьым тегузэвыхь лордым зыщигъэгъупщащ Шэрджэсым лей къызэрылъысар: ар зыми IэщIэмылъ хэкущ — аращ лорд пальмерстон игу къэмыкIыжар. Урысхэм жаIэр нэгъуэщIщ: Шэрджэсыр ди империем щыщщ, дэ хуит дымыщIауэ адыгэ тенджыз Iуфэм зы кхъухьи къекIуалIэ хъунукъым. АбыкIэ хъыбар кърагъэщIа лорд Пальмерстон? Ар ибзыщIащ хамэ къэрал IуэхухэмкIэ министрым. «Виксен» кхъухьым и Iуэхум къитэджыкIа псалъэмакъыр щIэх щызэпыуакъым Британием и парламентым, щIэх къахуэумысакъым лорд Пальмерстон. ИкIэм-икIэжым, 1838 гъэм мэкъуауэгъуэ мазэм и 21-м щэхур нахуэ хъуащ. Лорд Пальмерстон 1836 гъэм Урысейм еныкъуэкъун мурад ищIатэми, ар абы хузэфIэкIынутэкъым: министр къулыкъур къызэрыIэрыхьэххэу, 1831 гъэм, ар арэзы хъуауэ щытащ Урысейм Кавказыр зыIэщIилъхьэн мурад зэрищIамкIэ, ар (лорд Пальмерстон) Урысеймрэ Тыркумрэ Адрианополь щызэращIылIа зэгурыIуэныгъэм зэреувэлIарат абы къикIыр. Шэрджэс тенджыз Iуфэр Урысейм хуит щыхуэпщIакIэ, адыгэхэм я нэщIыбагъкIэ Урысеймрэ Тыркумрэ Адрианополь щызэ ращIылIа зэгурыIуэныгъэмкIэ (1827 гъэм) акъылэгъу ухъуауэ аращ — нэгъуэщI къикIыркъым абы. Езы адыгэхэм я пщIыхьэпIи къыхэхуакъым, дауи, лорд Пальмерстон апхуэдэ хьэгъэщагъэ къакIэлъызэрихьауэ — Британием хамэ къэрал IуэхухэмкIэ и министрым зыщиумысыжар 1838 гъэрщ — парламентым щыхагъэзыхьа нэужь. 1827 гъэм бадзэуэгъуэ мазэм и 6-м Урысеймрэ Тыркумрэ щызэращIылIа зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ, Урысейм къалэн зыщищIыжауэ щытащ и къэрал гъунапкъэм зримыгъэукъуэдиину. А псалъэр игъэпэжакъым Урысейм, абы къыхэкIкIэ Британиер акъылэгъу хъун хуеякъым Адрианополь зэгуры-IуэныгъэмкIэ. Тыркур хуитакъым езым IэщIэмылъа Шэрджэсыр Урысейм иритыну. Урысейри хуитакъым ар Тыркум «къыIэщIихыну». Тырку пащэр Анапэ щыдэса зэманми Шэрджэсыр Портэм IэщIэлъакъым, Урысейм и IэмыщIэ зрилъхьэн муради иIакъым, абы и нэщIыбагъкIэ щызэрахьэ хьэгъэщагъэр сэтей къэхъуащ, «Виксен» кхъухьыр къайгъэ хэхуа нэужь. УIэгъэ хъуа адыгэ зауэлIым доIэпыкъу. Сурэтыр мэжэр художник Зичи Михай ищIащ. ХIХ лIэщIыгъуэ
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27776.txt" }
XVIII — XIX лIэщIыгъуэхэм Шу мин 30 зыгъэшэсыф Къэбэрдей Адыгэ тхыдэм и нэхъ Iуэхугъуэ зэIумыбзхэм ящыщщ ХVIII-ХIХ лIэщIыгъуэхэм абыхэм я бжыгъэр зэрыхъуу щытар. Ар нэхъ белджылы къэхъуу щыщIидзар ХVIII лIэщIыгъуэм и кIэхэращ. Къэбэрдейм и картэ. Сурэтыр ХVIII лIэщIыгъуэм ящIащ. Абы и щхьэусыгъуэр гурыIуэгъуэщ: Кавказ зауэр зэхаубла нэужь, урыс дзэпщхэми хамэ къэралхэм къикI лIыкIуэхэми ялъытэ хъуащ адыгэхэм (къэбэрдейхэм, беслъэнейхэм, шапсыгъхэм, абазэхэхэм, натхъуэджхэм, бжьэдыгъухэм, кIэмыргуейхэм, жанейхэм, н.) я цIыху бжыгъэр. А Iуэхур япэ зыублахэм ящыщщ урыс щIэныгъэлIхэр, тIасхъэщIэххэр, дипломатхэр. Абыхэм я нэхъыбэм а зэманым къызэрагъэлъэгъуамкIэ, адыгэхэм я бжыгъэр мин 300-м къыщыщIэдзауэ мин 500-м нэсу арт. Апхуэдэ бжыгъэхэр къагъэлъагъуэ (ХVIII лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэм тещIыхьауэ) урыс генерал Бларамберг (мин 500), барон Сталь (мин 307-рэ), урыс тIасхъэщIэх Торнау (мин 495-рэ). Адыгэ тхакIуэ, щIэныгъэлI Хъан-Джэрий зэрилъытэмкIэ, адыгэхэр 1836 гъэм мин 265-рэт зэрыхъур. А бжыгъэм нэхърэ зымащIэкIэ нэхъыбэщ Берже Адольф 1858 гъэм къигъэлъэгъуар — мин 290-рэ. ГъэщIэгъуэнракъэ, а бжыгъэхэмкIэ акъылэгъу мэхъу совет зэманым а Iуэхум тетхыхьа щIэныгъэлI зыбжани. Псалъэм папщIэ, Гарданов Константин зэрилъытэмкIэ, ХVIII-ХIХ лIэщIыгъуэхэм адыгэхэм я бжыгъэр мин 500-м щIигъуу щытакъым. Адыгэхэм я хабзэхэмрэ я псэукIэмрэ куууэ щыгъуазэ зыхуэзыщIахэм ящыщщ поляк революционер цIэрыIуэ Лапинский Теофил (1826 — 1886 гъгъ.). 1857 гъэм Шэрджэсым къакIуэри ар илъэсищкIэ яхэтащ адыгэхэм (шапсыгъхэм, натхъуэджхэм, абазэхэхэм, н.). ЗэрыгурыIуэгъуэщи, Лапинскэр щIэмыупщIэнкIэ Iэмал иIакъым адыгэхэм я бжыгъэм. 1863 гъэм Гамбург къыщыдигъэкIа тхылъым («Кавказ бгырысхэмрэ абыхэм я хуитыныгъэм папщIэ урысхэм драгъэкIуэкIа бэнэныгъэмрэ») зэрыщитхымкIэ, кIахэ адыгэхэм (къэбэрдейхэмрэ беслъэнейхэмрэ хэмыту) я бжыгъэр Лапинскэм мин 900-м щIигъуу елъытэ. АбыкIэ щхьэусыгъуэр и мащIэкъым Лапинскэм. «Зауэм хэт шэрджэс лъэпкъхэм я бжыгъэр гъэбелджылауэ зыми ищIэркъым, — етх абы. — Сэ къызэрыслъытэмкIэ, ахэр мин 900-м щIегъу. Урыс тхылъ гуэрым сыщрихьэлIащ нэгъуэщI бжыгъэ — мин 290-рэ. Урыс тхылъхэм кърахыжауэ, европей автор куэдми къагъэлъагъуэ апхуэдэ бжыгъэ… Шэрджэсхэм къезауэ урысыдзэр мин 200-м щIегъу, я хыдзэлIхэм нэмыщI. Иджырей IэщэкIэ зэщIэузэдауэ сэлэт мин 200 шэрджэсхэм къариутIыпщынтэкъым урыс пащтыхьым, абыхэм я хэкум цIыху мин 290-рэ фIэкI имысатэмэ». Лапинскэр, зэрыжытIащи, Шэрджэсым къыщыкIуар 1857 гъэрщ — Кавказ зауэр и кIэм нэблэгъауэщ. Абы и пэкIэ, 1829 гъэм, адыгэхэм я деж тIасхъэщIэх къэкIуауэ щытащ урысыдзэм и генштабым и лэжьакIуэ Новицкий Г. В. Абы а гъэм къызэрилъытамкIэ, адыгэхэр (кIахэ адыгэхэр, нэгъуэщIу жыпIэмэ, Псыжь адрыщI ис адыгэхэр) мин 263-рэ хъууэ арат. КъыкIэлъыкIуэ гъэми къытригъэзащ Новицкэм, а гъэм абы дэIэпыкъуащ шапсыгъ лIакъуэлIэш Абатхэ Беслъэнейрэ Убыхрэ — зэкъуэ- шитIыр. Абат зэшхэм къыжраIамрэ езым илъэгъуамрэ ятрищIыхьри, Новицкэм а гъэм шэрджэсхэр (кIахэ адыгэхэр) мелуанрэ мин 82-рэ хъууэ илъытауэ щытащ (унагъуэ 54110-рэ). Новицкэм зэритхамкIэ, адыгэ унагъуэм цIыху 20 нэхърэ нэхъ мащIэ исакъым, абы щыхьэт тохъуэ а Iуэхум иужькIэ тетхыхьа щIэныгъэлIхэм я нэхъыбэр. Ар я фIэщ хъуркъым зи гугъу тщIы Iуэхур (адыгэхэм я бжыгъэр) ди зэманым зыджа щIэныгъэлIхэм. Абыхэм ящыщ куэдым зэратхымкIэ, ХVIII-ХIХ лIэщIыгъуэхэм адыгэ унагъуэм исар, ику иту къапщтэмэ, цIыхуи 8-м фIэкIыркъым (уеблэмэ нэхъ мащIэщ). Ауэ Iуэхум нэхъ хэзыщIыкI щIэныгъэлIхэр щыхьэт тохъуэ адыгэ унагъуэм ХVIII-ХIХ лIэщIыгъуэхэм цIыху тIощIи нэхъыби зэрисам. А зэманым адыгэ унагъуэм щIэблэ зыбжанэ къызэщIиубыдэу зэрыщытар зыщыбгъэгъупщэ хъунукъым: я тхьэмадэр псэуху, унагъуэхэр зы пщIантIэ дэсу щытащ, цIыху дапщэ хъуми. Адыгэ унагъуэкIэ зэджэр тхьэмадэ зыщхьэщыт пщIантIэрщ, абы дэс хабзэт унагъуэ зыбжанэ — аращ ди тхыдэр щыхьэт зытехъуэр. Новицкэм кIахэ адыгэхэр пщIантIэ (унагъуэкъым) мин 54-рэ мэхъу щыжиIэм, ар щыуатэкъым, щыуауэ иужькIэ ягъэкъуэншами. Новицкэм зи гугъу ищI пщIантIэ (езым зэритхымкIэ, «двор») къэс цIыху 20 зэрыдэсарщ абы кIахэ адыгэхэм я бжыгъэр мелуаным щIигъуу щытауэ щIыжиIэр. Къэбэрдей адыгэхэм я бжыгъэм и IуэхукIэ ардыдэр жыпIэ хъунущ: куэдым яфIэфIакъым ахэр зэгуэр (псалъэм папщIэ, ХVI-ХVIII лIэщIыгъуэхэм) куэд хъууэ щытауэ ятхыни жаIэни. Псалъэм папщIэ, Берже 1858 гъэм зэритхамкIэ, къэбэрдейхэр мин 36-м зэрыщIигъу щыIакъым. Абы акъылэгъу дэхъу щIэныгъэлI щыIащ совет лъэхъэнэми. Абы и щхьэусыгъуэр гурыIуэгъуэкъым — сыткIэ нэхъ захуагъэт къэбэрдей адыгэхэм (кIахэхэми) я бжыгъэр зэрыпхузэфIэкIкIэ бгъэмэщIауэ птхыныр — аращ мыгурыIуэгъуэр. Зы щапхъэ закъуэ къэтхьынщ. Урысыдзэм и генштабым и офицер Бларамберг Иоганн 1834 гъэм итхыгъащ (еплъ абы и «Историческое, топографическое, статистическое, этнографическое и военное описание Кавказа» тхылъым) къэбэрдейхэр унагъуэ мин 45-рэ хъууэ — ар 1804 гъэм. Лъыгъажэ зауэмрэ емынэ уз бзаджэмрэ лъэрыщIыкI ящIа нэужь, Бларамберг зэритхымкIэ, Къэбэрдейм къинэжар цIыху мин 30 хуэдизщ. Мыбдеж Бларамберг щыуэркъым: тхыдэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, ХVIII лIэщIыгъуэм Къэбэрдейм иса цIыху бжыгъэм щыщу зауэмрэ емынэ узымрэ ХIХ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм къелар Iыхьэ пщIанэрщ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, ХVIII лIэщIыгъуэм (ХIХ лIэщIыгъуэр къихьэху) къэбэрдейхэм я бжыгъэр мин 500 нэхърэ нэхъ мащIэ хъууэ щытакъым. 1793 гъэм Къэбэрдейм къэкIуауэ щыта академик Паллас Петр-Симон зэритхамкIэ, зауэ къащIэхъуэмэ, къэбэрдейхэм шу мин 20 ягъэшэсыфу щытащ. Къэбэрдейм и тхыдэм щыгъуазэм фIыуэ ещIэ шууэ зауэм Iухьэм я нэхъыбапIэр уэркъхэм къахэкIауэ зэрыщытар: къэбэрдейхэр мелуан ныкъуэ нэхърэ нэхъ мащIэ хъууэ щытатэмэ, уэркъ шу мин тIощI ягъэшэсыфынкIэ Iэмал иIакъым. Уэркъ шу къэс, зэрыхабзэти, зауэлI зытхух щIагъурт, нэгъуэщIу жыпIэмэ, академик Паллас щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, адыгэхэм зауэм Iуашэфырт, шуми лъэсми, цIыху минищэ. Апхуэдэдзэ зэщIамыгъэшэсэфтэмэ, къэбэрдейхэм 1708 гъэм кърым хъаным и дзэ фIыцIэр зэхакъутэфынтэкъым — а зауэм и хъыбар куэд къыхэнащ урыс тхыдэми европей авторхэм я тхыгъэхэми. Адыгэ унагъуэм цIыху 20 нэхърэ нэхъыбэ исауэ къелъытэ профессор Дзэмыхь Къасболэт. Абы зэритхымкIэ, адыгэ унагъуэр, ХVIII-ХIХ лIэщIыгъуэхэм ятепщIыхьмэ, цIыху 20-м къыщыщIэдзауэ цIыхуи 100-м нэс хъууэ щытащ — абы и щхьэусыгъуэр зы адыгэ пщIантIэм унагъуэ зыбжанэ зэрыдэсарщ (унагъуэ хъуауэ зэкъуэш зыбжанэ дэсыныр хабзэт). Абы ипкъ иткIэ, Дзэмыхь Къасболэт елъытэ Къэбэрдейм ХVIII лIэщIыгъуэм икухэм деж цIыху мин 450-м нэс исауэ. Тхыдэр щыхьэт тохъуэ, етх Дзэмыхьым, къэбэрдей адыгэхэм зы жэщ-махуэм и кIуэцIкIэ шу мин 30 ягъэшэсыфу зэрыщытам. Ар Къэбэрдейм и закъуэ! ЩIэныгъэлI куэд щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, кIахэ адыгэхэм (иджы адыгейкIэ дызэджэ хъуахэм) я бжыгъэр зы мелуанми къыщызэтенэртэкъым — нэхъыбэм ятх а бжыгъэр зы мелуанрэ мин 700-м нэсу зэрыщытар. Псалъэм папщIэ, Дьячков-Тарасов Николай 1853 гъэм итхыгъащ: «Фельдмаршал Паскевич и унафэкIэ зэхуахьэса хъыбархэм ятепщIыхьмэ, бгырысхэм (адыгэхэм) я бжыгъэр зы мелуанрэ мин 700-м нос, абыхэм зауэм Iуашэфынущ зауэлI мин 250-рэ». Псыжь къэзакъхэм я тхыдэр зыджа Щербинэ Ф. А. фIэмащIэщ Новицкэм къигъэлъагъуэ бжыгъэр — 1082200-р. Абы нэхърэ нэхъыбащ шэрджэсхэр (кIахэ адыгэхэр), итхыгъащ Щербинэ. Адыгэхэр зы мелуаным куэдкIэ щIигъуу зэрыщытам щыхьэт тохъуэ Кавказ зауэм и ужькIэ хэкур зыбгынахэм я бжыгъэри. Абхъаз щIэныгъэлI цIэрыIуэ Дзидзарие Георгий зэрилъытэмкIэ, Тыркум Iэпхъуауэ щытащ бгырыс мин 900-м нэс (Кавказ зауэм и ужькIэ хэкум къинэжар цIыху мини 100-м щIигъужыртэкъым). Къэрмокъуэ Хьэмид. Тыркум ущыгугъ хъуну? Урыс офицер Новицкий Георгий Василий и къуэм шапсыгъ лIакъуэлIэш Мэгъурокъуэ Пщыкъуий хэгъэрей зыхуищIри, Кавказ зауэм и мафIэ лыгъэм хэт адыгэхэм я хэкум къихьэн хузэфIэкIауэ щытащ 1829 гъэм — абы и пэкIэ ар зыми къехъулIатэкъым. Зауэ зращIылIа лъэпкъым и къаруи, и псэукIи, и бжыгъи, и хабзи зэрыщыгъуазэ щыIэтэкъым урыс дзэпщхэри, ар «кърагъэщIэн» мурадт Новицкэр адыгэхэм я деж тIасхъэщIэх къыщIагъэкIуар. А гъэм «зригъэщIэн» хузэфIэкIар итхыжри, урыс дзэпщхэм я пащхьэ ирилъхьащ Новицкэм. 1830 гъэми «зыплъыхьакIуэ» кърагъэжьащ офицер набдзэгубдзаплъэр — а гъэм абы «Iуэхутхьэбзэ» хуилэжьащ адыгэ тхыдэм щыцIэрыIуэ шапсыгъ лIакъуэлIэш Абат Беслъэней. Бзиикъуэ зауэм (1795 гъэ) и ужькIэ Абатхэ хьэIупс ящIауэ щытащ шапсыгъхэм, унафэр IэщIахри пщIэ щIагъуэ ямыIэж хъуат. Ар зигу темыхуа лIакъуэлIэшыр, Беслъэней, урыс тIасхъэщIэхым дэIэпыкъуащ, и хэкум зыщригъэхущыхьащ, нэхъ белджылыуэ жыпIэмэ, и хэкумрэ и лъэпкъымрэ я тIасхъэр бийм Iэригъэхьащ. Абат Беслъэней абыкIэ зэщэр гурыIуэгъуэт: урыс дзэпщхэр IупэфIэгъу къищIмэ, ахэр зыдигъэIэпыкъуурэ, шапсыгъхэм IэщIаха унафэр зыIэщIиубыдэжыфынкIэ гугъэрт. Урыс дзэпщхэм я тIасхъэщIэхым зэрыдэIэпыкъуам къыхэкIкIэ, Мэгъурокъуэ Пщыкъуии Абат Беслъэнеи адыгэ тхыдэм къащылъыс «пщIэр» зыхуэдэр гурыIуэгъуэщ. ГурыIуэгъуэщ Новицкэм яIэригъэхьа хъыбарыр урыс дзэпщхэм къазэрыщхьэпари — аращ абыхэм зауэм хадза адыгэхэм я деж Новицкэр «плъакIуэ-дэIуакIуэ» къыщIагъэкIуар. ТIасхъэщIэх къызэрежьам щхьэкIэ Новицкэр щIэбгъэкъуэншэн щыIэкъым — и пщэ къралъхьа къалэныр игъэзэщIащ, нобэ дэркIэ нэхъыщхьэри нэхъ лъапIэри абы къызэринэкIа тхыгъэхэрщ. Новицкэм зэхуихьэсащ адыгэхэм ятеухуа хъыбар хьэлэмэт куэд — я тхыдэм, я хабзэхэм, я псэукIэм, я къарум, я цIыху бжыгъэм, я жылагъуэхэм, н.къ. щытепсэлъыхьауэ. 1830 гъэм къыщежьам щыгъуэ Новицкэм нэхъыбэ зригъэлъагъун хузэфIэкIащ, ар, дауи, зи фIыщIэр Абат Беслъэнейщ — ар куэдым щыгъуазэ, хыхьэхэкI, щIэныгъэ зиIэ цIыху лъэрызехьэу щытащ. ШАПСЫГЪ лIакъуэлIэш Абатхэ я лъэпкъыр, Хъан-Джэрий зэритхымкIэ, Къэбэрдейм щыщщ. Абатхэ Къэбэрдейм щикIар белджылыкъым. Тхыдэр щыхьэт зытехъуэр ХVIII лIэщIыгъуэм и кIэхэм щыщIэдзауэ Абатхэ Шапсыгъым зэрисарщ: тенджыз Iуфэм Iусащ Абатхэ я жылитI. А жылитIым я зым къыщалъхуащ Абат зэшхэр — Беслъэнейрэ Убыхрэ. ЗэшитIми пщIэшхуэ щаIащ Шапсыгъым, лIыгъэ зыхэлъ, зи псалъэр пхыкI лIакъуэлIэш лъэрызехьэхэти. Абы тетащ Беслъэнейрэ Убыхрэ, урыс дзэпщхэм IупэфIэгъу яхуэхъуху. Беслъэней и унафэкIэ, Убых урыс тIасхъэщIэх Новицкэм Шэрджэсым «зыщригъэплъыхьащ». Ар къыщащIэм, шапсыгъхэм Абатхэ къызыхахуащ, я унэIутхэмрэ я мылъкумрэ трахащ. Абатхэ урыс дзэпщхэм я IэмыщIэ зралъхьащ. Абатхэ Беслъэнейрэ Убыхрэ ягъэтыншакъым шапсыгъхэр: Псыжь адрыщI къикIыурэ, зауэ къращIылIэ зэпытащ, ялъ ящIэжын, я мылъкумрэ я пщылIхэмрэ зыIэрагъэхьэжын щхьэкIэ. Ар къехъулIакъым Абатхэ: Беслъэней 1837 гъэм лIащ, Убых и щхьэм кърикIуар тхыдэм къыхэщыркъым — лъэужьыншэщ. Беслъэней урыс дзэпщхэм я IэмыщIэ зыщIрилъхьам щхьэусыгъуэ иIэщ. Шэч зыхэмылъыр зыщ: и лъэпкъым и Iей зэрихуэн мурад иIакъым Абат Беслъэней, ар дэнэ къэна, къехъулIамэ, Шэрджэсыр лъыгъажэ зауэм къыхишыну и гугъат. 1828 — 1829 гъэхэм екIуэкIа урыс-тырку зауэм и ужькIэ Абат Беслъэней Истамбыл кIуауэ щытащ, урысхэмрэ тыркухэмрэ зэгурыIуэжа нэужь, Шэрджэсым и Iуэхур зэрыхъунур зэхигъэкIын щхьэкIэ. Тыркум ущыгугъ зэрымыхъунур къыгурыIуащ абы щыгъуэ Беслъэней. НэгъуэщIи къыгурыIуащ: лъыгъажэ зауэм къыхэшын хуейщ шэрджэсхэр — зауэм фIы къахуихьынукъым, я щхьэри я хэкури халъхьэн фIэкIа. Хъан-Джэрий зэритхыгъащи, акъыл жани щIэныгъэ кууи зиIэ лIым, Истамбыл къикIыжа нэужь, мурад ищIащ Шэрджэсыр, зауэм химысхьэпэ щIыкIэ, гъуэгу захуэ тригъэувэну. Аращ, Хъан-Джэрий зэритхымкIэ, урыс дзэпщхэм защIыпищIар: ягурыIуэфын, зауэр игъэувыIэфын и гугъащ. Беслъэней Бытырбыху кIуащ, урыс пащтыхьым хуэзащ: псалъэ дыгъэл къыжраIа фIэкIа, къыхуащIа щыIэкъым. «Урысхэм уагухьащ, ди тIасхъэр ябот», — жари Беслъэней хьэIупс ящIащ, жагъуэгъу куэд иIэ хъуащ. АРГЪЕИКЪУЭ Хьисэ. Кавказ зауэм и лIыхъужьхэр Ажджэрий и къуэ Кушыкупщ Ажджэрий и къуэ Кушыкупщ. 1960 гъэм си деж зы щIалэ къэкIуауэ щытащ, Щхьэщэхуж къуажэм (Краснодар крайм щыщ Успен районым хохьэ) къикIауэ. ЩIалэм къызжиIащ: «Сэ Кушыкупщ и къуэрылъхум срикъуэщ. Адыгейм я щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым абы и хъыбар сыщыщIэупщIати, чэнджэщ къызатащ уэ зыпхуэзгъэзэн хуейуэ». Кушыкупщ и уэрэдхэм ящыщ зытIущ хуэстхащ щIалэм, дзэпщ цIэрыIуэм и сурэт естащ. ЩIалэм къызэрызжиIамкIэ, лъэпкъым иджыпсту зэрихьэр Ажджэрий унэцIэщ, Уарп Iуфэ щопсэу. Кушыкупщ щызэуар Беслъэнеймрэ Шэрджэсымрэщ, ари щыхьэт тохъуэ Кушыку беслъэней пщы лъэпкъым къызэрыхэкIам. «Апхуэдэпщыр гъуэтыжыгъуейщ» — апхуэдэу хэтщ Кушыкупщ и уэрэдым. Балигъ хъууэ шым шэса нэужь, Кушыкупщ зауэ гуащIэ Iэджэм хэхутащ, и лIыгъэкIэ щапхъэ хъууэ. Адыгэхэм нобэр къыздэсым ящыгъупщакъым Кушыкупщ и цIэр, хуауса гъыбзэхэри ди зэманым къэсащ. Кушыкупщ хузэхалъхьа гъыбзэхэр тIу мэхъу. Зыр и щхьэгъусэм иусащ, яукIауэ шыкхъаблэкIэ къыщыхуахьыжам щыгъуэ. ЕтIуанэр и шу гъусэхэм яусащ. ГъыбзитIри зэпэжыжьэкъым, псалъэ куэд щызэтохуэ. ТIури зытепсэлъыхьыр Кушыкупщ зауэм щызэрихьа лIыгъэрщ. Кушыкупщ и хъыбар куэд ноби щызэхэпхынущ Шэрджэсми Адыгейми. Тхыдэми щыгъунэжщ абы и хъыбархэр, тхылъхэми уащрохьэлIэ, ар нэIуасэ зыхуэхъуахэм ятхыжауэ. Генерал лъыиф Засс адыгэхэм лейуэ къакIэлъызэрихьам тхыдэр щыгъуазэщ: адыгэ хьэдэхэм я щхьэхэр пиупщIурэ бжэгъу щхьэкIэм фIэIуауэ Берлин езыгъэхьу щытар аращ. Псыжь адрыщI, Прочнэ окопкIэ зэджэ быдапIэм (Армавир деж) дэсащ генерал лъыифыр. Кушыкупщ шууитI (Хъырцыжь Алэрэ Щоджэн Шумахуэрэ) зыщIигъури, быдапIэм дыхьащ, Засс и пхъур къыдахри, бгым ихьэжащ. Генералым и пхъур илъэсищкIэ щаIыгъащ бгым: и щхьэм бадзэ трагъэтIысхьакъым, адыгэбзэ ирагъащIэщ, адыгэ фащэкIэ яхуапэри, и адэм хуашэжащ. Генералым жраIащ: «Дэ дыхьэкIэкхъуэкIэ уи гугъэ щхьэкIэ, дыхьэкIэкхъуэкIэкъым». А хъыбарыр мыпхуэдэуи къаIуатэ: генералым хуаIуэхуащ: «Уи пхъур ныпхудошэж», — жари. Засс и дзэр лъэныкъуитIкIэ иригъэувэкIащ, и пхъур къыхуэзыхьыж шухэр иригъэубыдын щхьэкIэ. Шууищыр къэсащ. Засс и пхъур Щоджэн Шумахуэ и шыплIэм дэст. Шууищыр генералым и пащхьэ ихьэри, хъыджэбзыр ирагъэпсыхащ. «Фубыд!» — жери Засс унафэ ищIащ. Шууищыр сэлэтхэм къыщаувыхьым, хъыджэбзым и адэм жриIащ: «Iэпэ ятефлъхьэмэ, зыслIэжынщ! Дунейм зы хабзэ дахэ тетмэ, абыхэм я деж щыслъэгъуащ». И пхъум ар щыжиIэм, генералыр икIуэтыжащ. Къыщежьэжым Кушыкупщ Засс жриIащ: «Уи пхъур ди деж щыIэху, дызэблэгъащ. Нобэ щыщIэдзауэ зэбий дыхъужащ». Кушыкупщ и гъыбзитIым я зыр Къэсейхьэблэ (Бахъсэнёнкэ) щыщхэу Уэзы Мухьэжыр, Хьэмдэхъу Исуф, Зэгъэщтокъуэ Къарэмырзэ сымэ дагъэтхащ. Мис ар: Уарэ, уарэдэ, ди Кушыкупщти, сэрмахуэ, Уэ пхуэдэпщ гущэр, уэ дуней, гъуэтыжыгъуейщ. Къурэлеягъуэт, зиунагъуэрэ, Данагъуэ гущэр, сэрмахуэ, уи пащIэкIитIт. Мылицэ гущэу кхъуэцхэр зыгъэкIым, сэрмахуэ, ЩхьэцыкIэ гущэм а махуэм зэдрагъэIэ. Iэпщашэ гущэм щызэдеIэжкIэрэ, маржэ, Дэ фоч пэбж гущэкIэ махуэм дыкъэзышэж. Шырэ уанэрэ щызэхуахь махуэм, сэрмахуэ, Шу джакIуэ гущэхэри а махуэм нызыхуагъакIуэ. Пхъэрышхуэхэри дэ къыщыткIэлъыкIуэкIэрэ, сэрмахуэ, Шууищэ гущэхэри, уэ дуней, и нэхъ фIэмащIэт. Фоч фIыцIэ псыгъуэхэри, сэрмахуэ, Шэрэ гын гущэкIэрэ, уэ дуней, зэзыгъэзэгъ. ДэныскIуей гущэми яхэмызагъэхэр, сэрмахуэ, Шэ закъуэ гущэкIэрэ тхурегъэпсых. Пащтыхьыжьмэ и гуимэ щхъуантIэхэри Шы лъабжьэ гущэкIэ, а дуней, зэхэзыкъутэ! Пащтыхьыжьмэ и лъэс лэжьакIуэхэри, сэрмахуэ, Щхьэлажьэ гущэкIэ, а дуней, ныщегъэгъупщэ. Банэкъуэ быдэхэри, сэрмахуэ, Жэщ кIуэн гущэкIэрэ тхуэзыгъэлажьэ. Жэщмагъырмэ и щIылъэ пшагъуэхэри, сэрмахуэ, ЗекIуэ шу гущэт, Уэ дуней, уи щIакIуэ къащхъуэт. Сэфрал гущэр зытес шы гъуабжэм, сэрмахуэ, Уафэ вагъуэ гущэм, а дуней, зыхрегъадзэ. Дунеижь гущэм къытезна псогуэми, сэрмахуэ, Елмысхъан гущэр, уэ дуней, я нэхъ тхьэмыщкIэт. ТхьэмыщкIэхэм я щIэгъэкъуэнурэ, сэрмахуэ, Кушыкупщ гущэр а махуэм епсыхыжащ. Джаурышэ гущэкIэрэ яхуэмыгъалIэурэ, сэрмахуэ, Сабий уз гущэм, уэ дуней, игъэлIэжа мыгъуэщ. Кушыкупщ «сабий узым» ихьыжар пэжкъым, ар гъыбзэм иужькIэ къыхэпшэхъуа псалъэщ. Тхыдэр щыхьэт тохъуэ Уарп псыхъуэ 1829 гъэм щекIуэкIа зауэм Кушыкупщ уIэгъэ хьэлъэ зэрыщыхъуам. ЛIыхъужьыр а уIэгъэм илIыкIащ. КЪАРДЭНГЪУЩI Зырамыку. Шэрджэс шуудзэр йобгъэрыкIуэ. Сурэтыр Спенсер Эдмунд ищIащ. 1854 гъэ
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27784.txt" }
ПсэзэпылъхьэпIэ лъэхъэнэ Къэбэрдейм и IуэхукIэ Белград зэрыщызэгурыIуэрэ илъэс 274-рэ ирокъу Истамбыл зэраубыд лъандэрэ (1453 гъэм щыщIэдзауэ), къаруушхуэ ягъуэтри, уэсмэн тыркухэм къуэкIыпIэмкIи къухьэпIэмкIи, ипщэкIи ищхъэрэкIи щызауэ хъуащ, я къэрал гъунапкъэхэм зрагъэукъуэдиин, я гъунэгъу лъахэхэр зыIэщIаубыдэн щхьэкIэ. ЩIэх дыдэ къехъулIащ ар абыхэм: тыркухэм я IэмыщIэ ихуащ Балкан, хьэрып щIыналъэхэр — Уэсмэн къэралыгъуэ лъэщ хъуащ. Аращ тхыдэр щыхьэт зытехъуэр. Кавказми къещэ хъуа тыркухэр куэдрэ пылъакъым Куржым — абы и зэхуэдитIым нэхърэ нэхъыбэр персхэм къыIэщIахри езыхэм я лъэгум щIагъэуващ. Ардыдэр иращIащ Армениеми Азербайджанми. Тхыдэм къегъэлъагъуэ зи гугъу тщIы зэманым (XVII-XVIII лIэщIыгъуэхэм) адыгэ лъэпкъхэр зыми зэрыIэщIэмылъар — ахэр ижь-ижьыж лъандэрэ къэгъуэгурыкIуащ я щхьэ хуитрэ я унафэр езыхэм ящIыжу. Зи лъэ ува тыркухэм адыгэ хэкури зыIэщIалъхьэн мурад ящIат, куэдрэ къыщIэзэуат абы, ауэ ар зэи яхузэфIэкIакъым — абы щыхьэт техъуэ щапхъэхэр щыгъунэжщ тхыдэм. Тыркухэм къагурыIуэрт Кавказ Ищхъэрэм мыхьэнэуэ иIэр — ар зыIэрумыгъэхьауэ, Урысейм упэлъэщынутэкъым. Урысейри къыщIэзэурт Кавказым, ар тыркухэм я IэмыщIэ иримыгъэхуэн щхьэкIэ. Абы къыхэкIкIэ, къэралитIыр зэпэщIэувэн, куэдрэ зэзэуэн хуей хъуащ. Тыркумрэ Урысеймрэ нэхъ зэпаубыдар Къэбэрдейрат — тIури щыгъуазэт абы къаруушхуэ зэрыбгъэдэлъым, Кавказ Ищхъэрэр къэбзэун мурад пщIамэ, псом япэрауэ, ар уи IэмыщIэ ибубыдэн зэрыхуейр. Зи гугъу тщIы зэманым (XVII-XVIII) лIэщIыгъуэхэм Къэбэрдейр зыми IэщIэмылъ, зи щхьэ хуит къэралыгъуэу щытащ, и гъунапкъэхэр Псыжь къыщыщIэдзауэ Каспий тенджызым нэсу. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, Къэбэрдейр зыIэрызыгъэхьэ къэралыр Кавказ Ищхъэрэм тепщэ щыхъунут — арат Тыркумрэ Урысеймрэ Къэбэрдейр щIызэпаубыдар. МафIитIым я кум дэхуа нэужь, къэбэрдейхэр кIэи пэи зимыIэж зауэхэм хэхутэ зэпытащ, я хэкумрэ хуитыныгъэмрэ зыми зэрырамыгъэубыдыным хущIэкъурти. Сыт хуэдэ щхьэусыгъуэ къагъуэтми, Къэбэрдейр зэпаубыдурэ, Тыркумрэ Урысеймрэ мащIэрэ зэзэуакъым, зэрытемыгъакIуэмэ, зэпикIуэтыжу, зэман дагъэкIыурэ, Iэщэр къызэхурахыжу. ИкIэм-икIэжым, 1739 гъэм къэралитIыр Белград щызэгурыIуащ: Къэбэрдейр зыми IэщIремылъ, абы и Iуэхуми и унафэми Тыркури Урысейри хремыIэбэ. КъэралитIым апхуэдэ зэгурыIуэныгъэ зэрызэращIылIэрэ мы гъэм фокIадэ мазэм илъэс 274-рэ хъуащ. Урысеймрэ Тыркумрэ Белград зэрыщызэгурыIуамкIэ, Къэбэрдейр зи щхьэ хуит къэралу абы щыгъуэ ялъытащ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, къэралитIым яку дагъэуващ, а тIур зэпэщIигъэкIуэтын щхьэкIэ. Езы къэбэрдейхэм зыри къеупщIакъым: фыарэзы Белград щытщIа унафэмкIэ, феувалIэрэ абы? Апхуэдэ упщIэм жэуап къыхуэгъуэтыгъуафIэ хъунутэкъым а зэманым: езы къэбэрдейхэм я акъыл зэтехуэртэкъым, зыр ипщэкIэ, зыр ищхъэрэкIэ плъэрт, пщыхэр гуп-гуп зэрищIыкIауэ, езыр-езырурэ зэщыхьэжурэ зэныкъуэкъурт, лIыфIыгъуэ зэримыгъахуэурэ. Белград щызэращIылIа зэгурыIуэныгъэм фIы къахудэкIуакъым къэбэрдейхэм, къахуэщхьэпакъым ар, зауэри ящхьэщыкIакъым абы щхьэкIэ. Къэбэрдейм и «унафэмкIэ» зэгурыIуами, Тыркуми Урысейми щIачакъым, ар зы махуи тыншауэ пхужыIэнукъым — къэралитIри зэпымыууэ къедзэгъурт абы и гъунапкъэхэм, щэхуми нахуэми, и псэм къещэ зэпытт, Кавказ зауэр къэхъейуэ Къэбэрдейр мафIэлыгъэм хэхуэху («щхьэхуит» хъуауэ ялъыта Къэбэрдейращ илъэсищэкIэ екIуэкIа Кавказ зауэ гущIэгъуншэр щаублар — 1763 гъэм). Пщыхэр зэщыхьэжурэ зэрызэныкъуэкъур къигъэсэбэпурэ («ахэр зэгуригъэIуэжын щхьэкIэ»), 1739 гъэм и ужькIи Урысейр къыхэIэбэрт Къэбэрдейм и Iуэхухэм — псалъэкIи IэщэкIи. Надир-шах 1744 гъэм и кIэм Дагъыстаным къихьа нэужь, ар щхьэусыгъуэ ищIри, урыс правительствэм Къэбэрдейм и гъунапкъэм дзэ къришэлIащ, ар 1739 гъэм Белград щызэращIылIа зэгурыIуэныгъэм емызэгъми. Къэбэрдейм къагъэкIуащ куржы пащтыхьыкъуэ Бакар (урысыдзэм къулыкъу щызыщIэ адыгэ пхъурылъхур), ТыркумкIэ еплъэкI пщыхэр «щIригъэгъуэжыныр» и пщэрылъу. Абы и фIыгъэкIэ Мэзкуу адыгэпщхэм я лIыкIуэ кIуауэ щытащ, урыс пащтыхьым зэрыхуэпэжым щыхьэт техъуэн щхьэкIэ. Тыркухэм ар къыщащIэм, Истамбыл дэс урыс лIыкIуэм къегиящ, «зыкъыхуагъэгусащ», фи псалъэм фытетыжкъым, жари. Езы тыркухэри тетыжтэкъым Белград щата псалъэм: зэуакIуэ къемыжьэми, Къэбэрдейм тIасхъэщIэххэр къраутIыпщхьэрт, пщыхэр дашэхын, ахэр Урысейм къыбгъэдашын щхьэкIэ. ТIасхъэщIэххэми къыщынэртэкъым тыркухэм Къэбэрдейм къраутIыпщхэр: IэщэкIэ зэщIаузадэрти, зэуакIуэ къагъакIуэрт абыхэм я IэмыщIэ илъ кърым тэтэрхэр. Тыркухэм къызэщIагъаплъэурэ, 1739 гъэм и пэкIи и ужькIи Къэбэрдейм куэдрэ къытеуащ кърым хъанхэм я дзэр. Кърым хъан Къаплъэн-Джэрий и дзэр 1708 гъэм щызэхакъута зауэм (Къэнжал зауэкIэ зэджэм) увыпIэшхуэ щеубыд Къэбэрдейми Кавказ Ищхъэрэми я тхыдэм. А зауэр Къэбэрдейм зэрыщекIуэкIамрэ кърымыдзэр абы зэрыщызэхакъутамрэ теухуа тхыгъэ куэд къызэранэкIащ XVIII-XIX лIэщIыгъуэхэм псэуа авторхэм. Къэбэрдейм къытеуэн щхьэкIэ, Къаплъэн-Джэрий минищэм нэблагъэ дзэшхуэ къришэжьащ. Урысейм Хамэ къэрал IуэхухэмкIэ и коллегием 1748 гъэм зэрыщатхамкIэ, «мы гъэм илъэс плIыщI мэхъу кърым хъаныр Къэбэрдейм зэуакIуэ зэрыкIуэрэ; хъаным дзэшхуэ щIыгъуащ. Къэбэрдейхэм бий мин щэщI зэтраукIащ; абыхэм къелар и гъусэу, хъаныр щIэпхъуэжащ». Къэнжал зауэм къыщахьа текIуэныгъэм и фIыгъэкIэ, Къэбэрдейр зэрыщхьэхуитауэ къэнэжащ, зэрыпхъуакIуэхэм я IэмыщIэ ихуакъым гъунэгъу лъэпкъхэри. Кърым хъаным и дзэр Къэбэрдейм зэрыщызэхакъутам и хъыбарыр жыжьэ нэсащ, абы и ужькIэ Кърымым и пщIэри ехуэхащ, и къарури щIэкIащ. ар, шэч хэмылъу, къахуэщхьэпащ Ищхъэрэ зауэм (1700 — 1721) хэт урысхэми. Урысейм зауэ къезыщIылIа швед пащтыхьыр куэдкIэ ящыгугъырт тырку сулътIанымрэ кърым хъанымрэ, ауэ кърымыдзэр Къэбэрдейм щызэхакъута нэужь, тэтэрхэри тыркухэри шведхэм ядэIэпыкъужыфакъым. Къэнжал зауэм и ужькIэ Къэбэрдейм и пщIэр лъагэ хъуащ, Тыркуми Урысейми къагурыIуащ абы зэрызихъумэжыфын къару зэрыбгъэдэлъыр, зыми и IэмыщIэ зрилъхьэн мурад зэримыIэр. Дауи, Тыркуми Урысейми ар къамылъытапIэр иIакъым Белград трактатыр щызэращылIэм щыгъуэ. Тырку сулътIанхэм я Iизын хэмылъатэмэ, кърым хъанхэм Шэрджэсри Къэбэрдейри тегушхуэгъуафIэ ящIынутэкъым, адыгэхэм къаруушхуэ зэрабгъэдэлъым фIыуэ щыгъуазэти. Къэнжал зауэм и пэкIи и ужькIи кърым хъанхэр зыушту щытар тырку сулътIанхэрщ. Къаплъэн-Джэрий и дзэм тырку аскэр миниплIым щIигъу хэтащ, абыхэм ящыщ пщIы бжыгъэщ къэбэрдейхэм къелар. Истамбыл дэс урыс лIыкIуэм етх: «Тыркухэр къигъэлыбащ шэрджэсхэм (къэбэрдейхэм. — Ред.) тэтэрхэр къы-зэрыхагъэщIам, ягу темыхуэххэр Керчь пэщэ Муртэза щIыгъуа янычархэр (тырку зауэлIхэр) шэрджэсхэм зэраIэщIэкIуэдарщ». Урыс лIыкIуэм Мэзкуу къызэритхамкIэ, «янычар дзэшхуэ хым зэпрашу Тэман яшэну я мурадщ, кърым тэтэрхэм ящIыгъуу шэрджэсхэм ирагъэзэуэн щхьэкIэ». Кърым хъанхэр зэуакIуэ зэи къежьакъым тырку аскэрхэр къыщIамыгъуауэ. Абыхэм адыгэхэм къращIылIэ зауэхэр зэпыуакъым Кърымыр Урысейм и IэмыщIэ ихуэху; Белград щызэращIылIа трактатри щIэх дыдэ ящыгъупщэжауэ щытащ Iэджэ щIауэ ди псэмрэ ди хэкумрэ къещэ зэрыпхъуакIуэ къанлыхэм… Уэшх блэкIам щIакIуэ кIэлъащтэжыркъым. Белград трактатым и ужькIэ насыпыншагъэ куэдым хэхуащ Къэбэрдейр. Хэт ар зи лажьэр? Нобэ абы жэуап ептыну нэхъ тыншщ. Насыпыншагъэ Iэджэ къыдэкIуащ лIакъуэлIэшхэр зэрызэгурымыIуэм — гуп зыбжанэ зращIыкIауэ Темрыкъуэ и зэман лъандэрэ къэгъуэгурыкIуэхэм. Абы и зэранщ Къэбэрдейр гуащIэмащIэ, тегушхуэгъуафIэ хъуауэ Кавказ зауэм зэрырихьэлIар. Ар яубла нэужь, урыс пащтыхьым и дзэпщхэм щIэх дыдэу «зыщагъэгъупщащ» Урысеймрэ Тыркумрэ Белград щызэращIылIа трактатыр. Кавказ зауэр яублэри, пащтыхьым и дзэпщхэм лъы мащIэ щагъэжакъым Къэбэрдейм: зэгуэр мелуан ныкъуэ хъууэ щыта къэбэрдейхэм XIX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм къахэнэжар мин 40-м щIигъужакъым. Зауэм хисхьэпар Псыжь ис адыгэхэрщ — мащIэ дыдэщ абы и ужькIэ хэкум къинэжар. Темрыкъуэ зэрыщIэлъэIуам ипкъ иткIэ, Тэрчрэ Сунжэрэ щызэхэхуэм деж пащтыхь Иван IV къалэ-быдапIэ щаухуэну унафэ ищIат. Ар ягу техуакъым тырку сулътIанми кърым хъанми — абы щыхьэт тохъуэ Урысейм и архивхэм къыхэна материал куэд. Кърым хъан Долэт-Джэрий 1567 гъэм фокIадэ мазэм пащтыхь Иван хуитхащ: «Дэ зэхэтхащ Тэрч Iуфэ къалэ зэрыIуфщIыхьар. Шэрджэсхэр, дэ, Джэрий хъанхэм, ди IупэфIэгъущ, къалэмкIэ уэ уи мурадыр шэрджэсхэр тпэIэщIэ пщIыну аращ…» Кърымым щыIэ урыс лIыкIуэ Нагов А. Ф. 1569 гъэм щэкIуэгъуэ мазэм Мэзкуу нигъэсащ хъан Долэт-Джэрий къыжриIа псалъэр: «Фи пащтыхьым Тэрч Iуфэ къалэ щиухуэн мурад зэрищIам и хъыбар зэхэсхащ. Ныбжьэгъугъэрэ къуэшыгъэкIэ къызбгъэдэтын мурад абы иIэмэ, Тэрч Iуфэ къалэ щремыухуэ. Ар ищIэмэ, фи пащтыхьым бгы хуэдиз дыщэ къызитами, секIужынукъым, игъащIэкIэ згъэбиинущ…» Пащтыхь Иван кърым хъан Долэт-Джэрий 1568 гъэм щIышылэ мазэм хуитхащ: «Тэрч Iуфэ къалэ щыдухуэн мурад тщIамэ, ар Темрыкъуэпщым и лъэIум къыхэкIащ. Жагъуэгъур и куэдщ Темрыкъуэпщым, ар и жагъуэгъухэмрэ и бийхэмрэ ящытхъумэн папщIэщ къалэ хуэдухуэн мурад щIэтщIар, ар зыкIи зэран къыхуэхъунукъым кърым хъаным…» 1570 гъэм бадзэуэгъуэ мазэм и 15-20-хэм Тырку уэзирышхуэ Маамэт-пэщэ хуэза нэужь, урыс лIыкIуэ Новосильцев Иван Мэзкуу къитхащ: «Пащэр къызэупщIащ: ди щIым къалэ щхьэ кърищIыхьрэ фи пащтыхьым? Абы сыщIэупщIэн хуейуэ си пщэ кърилъхьащ ди сулътIаным. Иван (Новосильцевым) жиIащ: «Ди пащтыхьым Тэрч Iуфэ къалэ щIыIуищIыхьыр Темрыкъуэпщым и лъэIукIэщ, абы и пхъур и щхьэгъусэщ ди пащтыхьым. И жагъуэгъухэмрэ и бийхэмрэ псэугъуэ къратыркъым Темрыкъуэ, къытеуэурэ яхъунщIэ, и цIыхухэр зэтраукIэ. Темрыкъуэ и лъахэрщ къалэ здращIыхьар, Къэбэрдейм я пщышхуэщ Темрыкъуэ, абы къыщхьэщыжын хуейуэ елъытэ ди пащтыхьым». Пащэм жиIащ: «А лъахэри, Шэрджэсри, Къумыкъури, Кърымщэмхъалри ди IэмыщIэ илъщ игъащIэ лъандэрэ, ди динри зыщ. Аращ цIыху ныщIигъэкIуар — къалэр здаухуа щIыпIэр зригъэлъагъун щхьэкIэ». Иван жиIащ: «Къэбэрдеймрэ Беслъэнеймрэ верст 500-кIэ зэпэжыжьэщ, Къэбэрдейр Темрыкъуэ фIэкI зыми IэщIэлъкъым, ар фи жьауэм щIэт шэрджэсхэм ящыщкъым…» Тырку сулътIанымрэ кърым хъанымрэ къыщытракъузэм, Темрыкъуэ и лъэIукIэ урыс пащтыхьым Тэрч псым и Iуфэм (абы Сунжэ щыхэхуэм деж) IуищIыхьа къалэ-быдапIэр икъутэжын хуей хъуащ. АбыкIэ пащтыхьым хъыбар иригъэщIащ тырку сулътIан Селим (1571 гъэм гъатхэпэ мазэм). Темрыкъуэ дунейм ехыжа нэужь, абы и бынхэм, и телъхьэ пщыхэм я лъэIукIэ Тэрч, Сунжэ псыхэм я Iуфэм нэгъуэщI къалэ-быдапIэ зыбжани щаухуащ урысхэм — 1578, 1590, 1630, 1651 гъэхэм, ауэ ахэр куэдрэ щытакъым: тырку сулътIанхэмрэ кърым хъанхэмрэ щышынащ Къэбэрдейм иращIыхь къалэхэм. Абы и щхьэусыгъуэри гурыIуэгъуэт: а къалэхэм Урысеймрэ Къэбэрдеймрэ нэхъри благъэ зэхуащIынкIэ ди бийхэр игъэгузэват. Урысейм фIэкI Къэбэрдейм нэгъуэщI плъапIэ зэримыIэр хьэкъыу зыпхыкIа пщы губзыгъэхэм ящыщащ ХьэтIохъущокъуэ Исмел и адэри — Темрыкъуэ. Ар Урысейм и телъхьэ пщы Iущт, ауэ урыс дзэпщхэм Къэбэрдейм щызэрахьэ лейр щилъагъум, Тыркумрэ КърымымкIэ еплъэкI хъуауэ щытащ, хьэж ищIауэ къыщигъэзэжым, Кърымым къыщызэтеувыIэри, Темрыкъуэ абы зыщиIэжьащ, Iэщэ къыздишэри къэкIуэжащ, Къэбэрдейр Тыркумрэ КърымымкIэ «ириIуэнтIэкIын» мурад иIауи къыщIэкIынущ. Къэбэрдейм къихьэжа нэужь (1771 гъэм и ужькIэ), Темрыкъуэ хуэм-хуэмурэ къыгурыIуащ Хэкур Тыркуми Кърымми я IэмыщIэ иплъхьэ зэрымыхъунур. Аращ и къуэм, Исмел, Урысейм кIуэн, абы щIэныгъэ щызригъэгъуэтын хуейуэ унафэ щIыхуищIар — нэрылъагъут къэбэрдейхэм Урысейм фIэкI нэгъуэщI плъапIэ зэрамыIэр. ИлъэсипщIым нэблагъэкIэ щеджащ Исмел Урысейм, дзэм къулыкъу щищIащ, урыс-тырку зауэхэм хэтащ, Измаил быдапIэр къыщащтэм щыгъуэ зэрихьа лIыгъэм папщIэ Георгий орден къратащ. Александр Езанэр пащтыхь хъуа нэужь, Исмел 1801 — 1804 гъэхэм Бытырбыху щыIащ, къэрал Iуэху и пщэ къыдалъхьауэ. Урысей къалащхьэм щыдэсми, ХьэтIохъущокъуэ Исмел и нэIэ тригъэкIакъым и хэкум. Къэбэрдейм и Iуэхур хэплъэгъуэ хъуат а зэманым: урыс дзэпщхэм зэрахьэ лейр ягу темыхуэу, пщы, лIакъуэлIэш, уэркъ куэдым зыкъаIэтат, жылэр гуитIщхьитI хъуат. Iуэхур абы нэсауэ, ХьэтIохъущокъуэ Исмел 1804 гъэм Къэбэрдейм къихьэжащ. Къэбэрдейм и унафэр шыбгъэрэ сэшхуэкIэ ящIын мурадым къыщIэтэджахэм япэуври, Исмел хузэфIэкI псори илэжьащ, «псэм нэхърэ нэхъ игъэлъапIэ хэкур» мафIэм къыхишын щхьэкIэ. Дунейм тетыху ХьэтIохъущокъуэ Исмел зыхуэлэжьар Урысеймрэ Къэбэрдеймрэ яку мамырыгъэ дэлъхьэнырщ, адыгэхэр щIэныгъэмрэ зыузэщIыныгъэмрэ я гъуэгум тешэнырщ. А гупсысэхэращ Исмел Урысейм и лIыщхьэхэм я пащхьэ ирилъхьа тхылъхэм («Краткое описание жителей горских Черкес», «Записки о жителях Кавказа», н.) лъабжьэ яхуэхъуар. А тхылъхэм зэрыщыжиIэмкIэ, Къэбэрдейм и Iуэхур къыщызэщIэплъар Кавказ линиекIэ зэджэр яухуа нэужьщ: абы и зэранкIэ Къэбэрдейм щIы куэд фIэкIуэдащ, бгырысхэр вакъэ зэв ирагъэуващ — аращ пщыхэми, уэркъхэми, зэрылъэпкъыуи ягу темыхуар. Къэбэрдейм яфIэкIуэда щIыр къратыжыпхъэщ, дзэпщхэмрэ къулыкъузехьэхэмрэ къэбэрдейхэм ижь-ижьыж лъандэрэ къадэгъуэгурыкIуэ лъэпкъ хабзэхэм хэIэбэ хъунукъым, Урысейм и IэмыщIэ зралъхьа нэужьи къэбэрдейхэм я лъэпкъ Iуэхухэр езыхэм зэфIахыжын хуейщ — абыкIэ пэрыуэгъу къахуэмыхъумэ, Къэбэрдейр Урысейм къыбгъэдэкIынукъым. Нэхъ белджылыуэ жыпIэмэ, Къэбэрдейм автономие гуэр иIэну игъуэ хъуат — акъылышхуэрэ щIэныгъэ куурэ уиIэн хуейт, а зэманым апхуэдэ гупсысэм уи щхьэр нэсын папщIэ. КЪЭРМОКЪУЭ Хьэмид. Уадыгэным къикIыр Адыгэу нобэ ущытыныр гугъущ, Адыгэу нобэ упсэуныр хьэлъэщ. Зэманыр жырри зыгъэщащэ гухъущ — Абы екъутэр цIыхум и щэн-хьэлыр. Абы пэлъэщкъым лъэпкъми и къарур. ИгъащIэкIэ хабзэфI зэрихьэгъахэр, Зэхекъутэжри ди зэман ерум, ХуэнщIей пэлъытэу яхепхъэжыр гъэхэм. Адыгэ цIыхури мэхъу кIуэ пэтми жьгъей, Хъанцэгу и къуршрэ и тенджызу псынэр, ЩхьэхуэфI гухэлъым ар иронэщхъей, ЛъэпкъкIуэд зэрыхъур имылъагъуу и нэм. Ди щIэблэр едэIуэжкъым къэзылъхуам, Еплъыжкъым ди цIыхубзхэр я нэмысым, Фадэм и пщылIыпIэ зэрыхуам Ди щIалэхэр ехьыж, игъуэ нэмысу. Iыхьлыгъэр куэдым къызэрапщыр мылъкущ. ЦIыху уасэр къызэрабжыр и лэжьапIэрщ, Iиманыншагъэр ямыщIыж емыкIу, Нэмыплъи хуамыщIыж зимыIэм напэ. ЕщIыфыр япэ къэсым хэутэн, Лъэпкъыбзэу илъэс минхэм я уэсятыр, ПлъэмыкIыу бгъэшынэн е бгъэукIытэн, Адыгэ щIыхьыр пфIыхаутэ ятIэм. Апхуэдэу щыхъукIи, лъэпкъ ягъэпудам ДэщIыну зи гум къэкIыр зырызыхэт, Хэт илъэс кIуахэм игу ираудащ, Хэт и щхьэр лъэпкъ гукъеуэ хэмытыххэ. Адыгэу нобэ ущытыныр гугъущ, Ауэ сыт щыгъуэт щыщытар ар тыншу, Къэвгъуэтыт тхыдэм зэ щищIыж ди гугъу, Ди гъащIэр тхьауэ дэ къэзэуатыншэу! Щалъхуати, и мыгъуагъэу, жэнэт хэку, Яхуэхъури бийхэм ар хьэ зэрышхыпIэ, НэщIэбжьэ куэдхэр щIагъэкIащ и нэгу, Ди лъэпкъ бэшэчу лIыхъужьыгъэ зи бэм. И тхыдэ кIыхьу къызэринэкIам, Ар куэдрэ ихуэгъащ псэзэпылъхьэпIэ, Имыгъуэтыжу, уеблэмэ, щIэлъхьэпIэ, И быну хамэ Iэщэм къиукIар. Къэхъуащ монголхэм ар щапэщIэта, Зы фэбжь кърахмэ, щащIэу ярихыжу, ГуIэжу Лабэ Iуфэ щыIута, Сабийхэр псыхьэлъахуэу къыхихыжу. АрщхьэкIэ, хуэмызами сыт махуей, Абы игъэпудакъым зыкIи и щхьэр, И Хэкур къигъэнэн щыхъуами хуей, Яхуэувакъым ар лъэгуажьэмыщхьэу. Адыгэу нобэ ущытыныр гугъущ, Адыгэу нобэ упсэуным къикIыр, Ди тхыдэ гуауэу фхуэсщIыжам зи гугъу, И напэ къэс унэджысынырщ и кIэм. Ирехъу гуфIэгъуэ е гухэщI ирехъу, Абы ухущытынырщ ухуэфащэу, Уи напэм ену уи гур хурырегъу, Уи махуэ къэсыхун цIыхугъэ бащэу. Уадыгэныр мыгурыфI-гурей, Зи уэлиигъуэм фIэфIмэ — улъэпкъыпсэу, Адыгэу хъуам тралъхьэмэ тезыр, IэщIыб пщIыжыну уи анэдэлъхубзэр. ПIурылъу зы бзэ, узэдису зыщI, Хьэлэлу къыщыптепсэкIэ зы дыгъэ, Адыгэу упсэуным къикIыр зыщ — Уадыгэну къыпкъуэкIынырщ лIыгъэ. Бемырзэ Мухьэдин. Адыгэхэм къытхужаIахэр Абыхэм (шэрджэсхэм) къапэлъэщын щыIэнутэкъым, зэгурыIуэрэ зы дзэпщым и унафэм щIэувэтэмэ. Барбаро Иосафат. (Венецие). 1441 гъэ Адыгэм деж еблэгъа хьэщIэр къыщIыхэщтыкIын щыIэкъым — ар быдапIэм ис пэлъытэщ: и хьэщIэр ихъумэурэ, бысымым и гъащIэр итыфынущ. ЩригъэжьэжкIэ, шу гъусэ хуимыщIауэ бысымым хьэщIэр гъуэгу тригъэхьэжынукъым. Гъуэгу тригъэхьэжа хьэщIэм зыгуэр къыщыщI хъужыкъуэмэ, абы илъ имыщIэжауэ, адыгэр етIысэхынукъым. Паллас Петр-Симон. (Германие). 1793 гъэ КъыдгурыIуэн хуейуэ къызолъытэ Илъэсищэрэ плIыщIрэ бгъурэ мэхъу Урыс-Кавказ зауэр зэриухрэ. Дэтхэнэ зы зауэми хуэдэу, абы хэта лъэпкъхэм къахуихьащ пхужымыIэн хуэдиз гузэвэгъуэрэ тхьэмыщкIагъэрэ. Псом хуэмыдэу хэщIыныгъэшхуэ игъуэтащ адыгэ лъэпкъым. Илъэс куэд- кIэ ужьыхакъым а зауэм и лыгъэр. Абы, псыдзэ пэлъытэу, цIыху минищэ зыбжанэ Хэкум ирилъэсыкIащ. Зэгуэр щIэращIэу щыта Хэкур нобэ кхъэм хуэдэщ, бгы лъапэхэм къытена жылагъуэ мащIэхэр щыплъагъукIэ, уи гум зыкъыдегъазэ», — итхыгъащ а гукъутэгъуэр зи нэгу щIэкIам. Нобэ дэ дызоупщIыж: сыт ар къызыхэкIар, сытыт и щхьэусыгъуэр, бгырыс минищэ Iэджэр щхьэ техьэн хуей хъуа а гъуэгу мыгъуэм, щхьэ ди натIэ хъуа а насыпыншагъэр? Абы и жэуапыр зыкъом мэхъу. Нэхъыщхьэр, дауи, Кавказ Ищхъэрэр зыубыдар абы исахэм зыкIи зэрыхуэмеярщ. Зи цIыхущхьэр, зи хуитыныгъэр, зи щIыр, зи мылъкур зыфIэкIуэдахэм кIэ зимыIэж залымыгъэм нэхърэ хамэщIри нэхъ къащтащ. Къэралыгъуэжьхэм дунейр щызэпагуэшыж лъэхъэнэти, зи хуитыныгъэм папщIэ зи псэр зытыну бгырысхэр яку дэкIуэдащ дунейр зэпэзыгуэшыж зэрыпхъуакIуэ- хэм. Бгырысхэм Кавказ зауэм къахуихьа насыпыншагъэм хуэдэ зи натIэ хъуа лъэпкъ къыщыгъуэтыгъуейщ цIыху цIыкIум и тхыдэм. А зауэм зи фейдэ къыхэкIар Урысеймрэ Оттоман империемрэщ: урыс пащтыхьым и IэмыщIэ ихуащ къэхъугъэм я нэхъ дахапIэ щIыналъэр, тырку сулътIаныр хэуныкIащ бгырысхэм я насыпыншагъэм. Пащтыхь залымым и дзэзешэхэм бгырыс лъэпкъхэм иращIылIа зауэ гущIэгъуншэм и бийуэ къэуващ Урысейм ис лIыфI Iущ Iэджэ. Абыхэм ябзыщIыртэкъым бгырысхэм лей зэрырахыр. Пэи кIэи зимыIэ лъыгъажэм урыс лъэпкъми бгырыс цIыхубэми я фейдэ хэлъакъым: тIури хэкIуадэрт а зауэм, тIури къулейсыз хэхъухьырт. Кавказ зауэр урыс пащтыхьым езым и цIыхум ирищIылIа щIэпхъаджагъэ ин дыдэщ. Бгырысхэм зы махуи Урысейм ягу Iей хуилъакъым. Абыхэм урыс цIыхубэм Iэщэ къыхурахын дэнэ къэна, Урысейм и хуитыныгъэм папщIэ лъы ягъажэу, гузэвэгъуэм зэрыгъуэту къызэдэгъуэгурыкIуащ. Адыгэхэр щыпсэууэ щыта щIыналъэм тес дэтхэнэ зыми ищIэн хуейщ икIи къыгурыIуапхъэщ ди лъэпкъым и тхыдэ къызэринэкIар. Ар зэрищIэмрэ къызэрыгурыIуэмрэ елъытащ нобэрей ди гъащIэр мамыру щыты- ныр. Ауэ апхуэдиз гугъуехь пылъу зэтеува мамырыгъэр, ди жагъуэ зэрыхъущи, зэтезыкъутэну хэтхэр ноби щыIэщ. Хэт и унафэми гурыIуэгъуэкъым, ауэ адыгэм адыгэ еукIыж, муслъымэным муслъымэнылъ игъэжэну Iэщэ кIакхъу щIечыф. А бзаджащIэхэм щхьэ къагурымыIуэрэ ар къэхъугъэм я нэхъыкIэу зэрыщытыр? Ди республикэм ис лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэр, къуэшыгъэр зыкъутэну хэтхэм я гуращэр къызэпыудын хуейщ. Дэтхэнэми я зэхуэдэщ мы дунейр — псори техуэнущ, зыр зым имылIмэ, зыр адрейм емыпэгэкIмэ, зым и гуащIэкIэ адрейр мыпсэумэ. Ар дигу илъын хуейщ, зы дунейм дыщытеткIэ. Лъэпкъым и бзэм, и хабзэ дахэм, и тхыдэм дребжьыфIэ ди щIыналъэр. Абыхэм нэхърэ нэхъ лъапIэ зэрыщымыIэр хьэкъыу япхыкIауэ щIэблэр къэгъэтэджын хуейщ. ШЭШЭН Людмилэ. Аушыджэр къуажэ
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27791.txt" }
ЛъэпкъгъэкIуэд Кавказ зауэмрэ тхыдэм и дерсхэмрэ Нобэ илъэси 149-рэ мэхъу Кавказ зауэр зэриухрэ. Император Александр ЕтIуанэр Кавказым и тет пщышхуэ Михаил Николаевич къехъуэхъуауэ щытащ «лIэщIыгъуэрэ ныкъуэрэ и пэкIэ зэхаубла зауэр и кIэм нигъэсу КъухьэпIэ Кавказыр Урысейм и IэмыщIэ къызэрырилъхьам щхьэкIэ». Кавказ зауэм Урысей къэралым насыпыншагъэ куэд къыхудэкIуащ. Бгырысхэм ялъ щагъэжа зауэщ ар, ахэр къазэун, дакъузэн папщIэ. Зауэм хисхьэпар адыгэхэмрэ абыхэм я лъахэмрэщ. Адыгэхэм къыкIэлъызэрахьа леймрэ залымыгъэмрэ щIауфэн мурадкIэ, урыс пащтыхьым и къулыкъузехьэхэм зауэм и пэжыпIэр ябзыщI зэпытащ, псом хуэмыдэу абы кърикIуа мыгъуагъэхэр. ИлъэсищэкIэ, 1763 — 1864 гъэхэм, екIуэкIа лъыгъажэ зауэм и пэжыпIэр сэтей къащIакъым совет зэманми, «СССР-м ис лъэпкъхэм яку дэлъ ныбжьэгъугъэм зэран хуэмыхъун щхьэкIэ». Абы къыхэкIкIэ, Кавказ зауэм и тхыдэм щIэблэр щIэх щыгъуазэ хъуакъым. Нобэ нэгъуэщIщ: Урысейр демократием и гъуэгум техьащ, Кавказ зауэм и тхыдэр бджынумэ, зыри къыппэрыуэнукъым. ЛъэпкъкIуэд, хэкукъутэ хъуащ Кавказ зауэр адыгэхэм дежкIэ. Адыгэ минищэ Iэджэ хэкIуэдащ зауэм, я щхьэм и закъуэкъым зауэм халъхьар, я мылъкуи, я псэуалъи, я щэнхабзи хисхьащ абы, я зыужьыныгъэр зэтригъэувыIащ. Зауэм къелам я нэхъыбапIэм — цIыхуипщI къэс бгъум — хэкур ирагъэбгынащ. Дуней псом текъухьауэ, хэкур зрагъэбгына адыгэхэм я щIэблэр нобэ щопсэу Тыркум, Сирием, Иорданым, США-м, Израилым, Иракым, Мысырым, Ливием, Суданым, Германием, Франджым, Болгарием, ОАЭ-м, Канадэм, Австралием, Голландием, Инджылызым, нэгъуэщI къэрал куэдми. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, пащтыхьым и дзэпщхэм зэрахьа лейм щхьэкIэ дэ нобэрей урыс лъэпкъым губгъэн худиIэкъым. Адыгэхэм ящIэ: урыс цIыху къызэрыгуэкIхэм лажьэ яIэкъым, ахэр зауэ гущIэгъуншэм хэтын хуей хъуамэ. Абыхэми ялъ куэд щыжащ а зауэм, нобэрей щIэблэр абы щхьэкIэ игъэкъуэншэну зыри хуиткъым, нобэрей щIэблэм жэуап ихьыркъым пащтыхьым и дзэпщхэмрэ и IэщакIуэхэмрэ ялэжьа хьэкIэкхъуэкIагъэм папщIэ. Iэщэр къызэмэщIэкI, топ зимыIэххэ адыгэхэм къезэуащ зауэм хуагъэса, IэщэкIэ зэщIэузэда дзэшхуэ — зауэм и кIэхэм деж урысыдзэр сэлэтрэ офицеру мин 250-м нэсу щытащ. Къэбэрдеймрэ Шэрджэсымрэ къизэун папщIэ, пащтыхьым и дзэпщхэр зыхуемыкIуа бзаджагъэрэ Iэмалрэ къагъэнэжакъым, мылъкур ятхьэкъуурэ, зы лъэпкъыр адрейм ирауштурэ. «Зэпэгуэши, хэгуэ» — аращ урыс дзэпщхэр зытетар. «Бгырыс жыIэмыдаIуэхэр» я IэмыщIэ ираубыдэн щхьэкIэ, абыхэм бзаджагъэ Iэджэ къыкIэлъызэрахьащ урыс дзэпщхэм, дзэ пакIэхэр къраутIыпщурэ жылагъуэхэр, псэуалъэхэр, хьэсэхэр зэтрагъасхьэу, дзэшхуэ кърашажьэрэ къатеуэу. Абыи къыщынакъым: генерал-лейтенант Вельяминов Алексей и жэрдэмкIэ 1833 гъэм щIадзэри Шэрджэсыр быдапIэхэмкIэ къаухъуреихь хъуащ, адыгэхэм фIаубыда щIым къэзакъ жылагъуэхэр кърагъэтIысхьащ. Абы и ужькIэ илъэс щэщI дэкIри, Кубань областым ис дзэм и Iэтащхьэ генерал Евдокимов Николай иублащ Шэрджэс хэкум адыгэхэр иригъэкъэбзыкIыныр. 1861 гъэм мэкъуауэгъуэм и 24-м урыс император Александр ЕтIуанэм унафэ ищIащ Ищхъэрэ Кавказым урысхэмрэ къэзакъхэмрэ из щIын хуейуэ — ар щIыIэнэщI хуэдэ! Кавказ зауэм хисхьащ адыгэ жылагъуэ куэдыкIей. Декабрист Бестужев Александр игу щIыхьауэ итхыгъащ: «ФIыгъуэ къахуэтхьын щхьэкIэкъым бгырысхэм дакъылъыщIихьар: абыхэм я гъавэри я мэкъури зытыдогъасхьэ». Вельяминовым итхыгъащ: «Дожьэри мафIэ ядодз, жылагъуэхэр догъэс. УзэплъэкIынуи шынагъуэт, дэнэкIи мафIэсти». Зауэм хэта, ар зи нэгу щIэкIа урыс офицерхэм ящыщ куэдым къызэранэкIащ адыгэхэм кIэлъызэрахьа лейм и щапхъэ куэд. ЩIэныгъэлIхэри щыхьэт тохъуэ абы. Академик Бутько П. Г. и Iэдакъэ къыщIэкIа тхылъым («Материалы по новой истории Кавказа». Спб, 1869 гъэ) итщ пащтыхьым и дзэм ди хэкум щригъэкIуэкIа лъыгъажэ зауэм и хъыбар куэд. Мис абыхэм ящыщ зыбжанэ: — 1787 гъэм жэпуэгъуэ мазэм генерал-аншеф Теккели дзэшхуэ къришажьэри Псыжь къызэпрыкIащ; дзэм адыгэ жылагъуэ 300-м щIигъу зэтрикъутащ, игъэсащ… Гъави мэкъуи къелакъым, псы ирагъэжыхьыжащ; — 1788 гъэм шыщхьэIу мазэм Анапэ и Iэшэлъашэм щекIуэкIа зауэм адыгэ 800 хэкIуэдащ, жылагъуитхум унэ минитI щакъутащ, я мылъкур зэрапхъуащ; — 1790 гъэм генерал-поручик Розен Псэкупсэрэ ПщIасэрэ я Iуфэм Iуса жылагъуэ псори игъэсащ; — ар дыдэм жэпуэгъуэ мазэм и 7 — 9 махуэхэм Мартэ псым и Iуфэм къуажищ щигъэсащ, нэгъуэщI щIыпIэм деж — къуажи 8, Псыжь и сэмэгурабгъумкIэ дэкIуейри КIэмыргуейм нэблэгъауэ къуажэ 28-рэ игъэсащ; — Щербинэ Ф. зэритхымкIэ («История Кубанского казачьего войска». Екатеринодар, 1913), генерал Власовым 1821 — 1825 гъэхэм Шэрджэсым къуажэ куэд щигъэсащ, сабий, лIыжь-фызыжь, цIыхубз, цIыхухъу куэдыкIей щызэтриукIащ; — 1861 гъэм гъатхэпэ — мэлыжьыхь мазэхэм генерал Евдокимовым Щхьэгуащэрэ Хуэдзрэ я тIуащIэм адыгэ къуажэ 90 щызэтрикъутащ («Русский вестник», 1887, №7); — хьэкIэкхъуэкIагъэ ин дыдэ зезыхьахэм ящыщщ Кубань линием и Iэтащхьэ генерал Засс, абы иукIахэм я щхьэхэр бжэгъум фIиIуурэ гъуэгущхьэIухэм, Iуащхьэхэм тригъэувэу, «яджын папщIэ» нэгъуэщI къэралхэм яхуригъэхьу щытащ. Уи гур мыузынкIэ Iэмал иIэкъым Засс зэрихьа хьэкIэкхъуэкIагъэхэм щыгъуазэ уащыхуэхъукIэ. А лъыифым и цIэр ноби зэрехьэ Кубаным и жылагъуэшхуэхэм ящыщ зым — ар гум тегъэхуэгъуейщ. Шэч зыхэмылъращи, Кавказ зауэм и зэманым адыгэ къуажэ миным щIигъу зэтрагъэсхьащ — Хатынь иращIам ебгъапщэ хъунущ ар. Хатынь и цIэр тхыдэм къыхэнащ, Кавказ зауэм хисхьа адыгэ жылагъуэхэм я цIэр тхыдэм хэбзэхыкIащ… А псор зи нэгу щIэкIа генерал Раевский Николай итхыгъащ: «Кавказым щыдлэжь щIэпхъаджагъэм сигу къегъэкIыж Америкэр къазэун щыщIадзам щыгъуэ испанхэм зэрахьа лейр… Кавказ зауэр урыс тхыдэм лъызащIэ лъэужьу къыхэмынэну Тхьэм жиIэ, испан зэрыпхъуакIуэхэм я лъэужьыр абыхэм я тхыдэм къызэрыхэнам хуэдэу». Зауэ кIыхьым хадза адыгэхэм гущIэгъу къахуэзыщI генералхэм ящыщащ Раевскэр, абыхэм къезэуэн имыдэу дзэр ибгынауэ щытащ. Пащтыхьым и дзэм адыгэхэм къакIэлъызэрихьа леймрэ залымыгъэмрэ гъуни нэзи яIэкъым. Адыгэхэр зэтраукIащ я хэкумрэ я щхьэмрэ я хуитыныгъэм зэрыщIэзэум папщIэ. Пащтыхьым и тхыдэтх Фадеев Ростис- лав зиумысыжауэ щытащ: «Псыжь адрыщI ис адыгэхэм я щIыналъэрат къэралыр зыхуейр, езыхэм зыкIи хуэныкъуэтэкъым». Дунейм зэрыпхъуакIуэ зауэ мин 15-м щIигъу щекIуэкIащ. Ауэ игъащIэми къэхъуауэ къыщIэкIынукъым адыгэхэр зыхадза зауэ гущIэгъуншэм хуэдэ. Лъэпкъым лъапсэрыхыр къыхуигъэкIуащ а зауэм. Къелам и нэхъыбапIэр хэкум ирахуащ. Ар зыфIэзахуэ ущрихьэлIэ щыIэщ иджыри къэс. Ауэ пэжыр зыщ: ирамыхулIатэмэ, я щхьэр щIрамыгъэхьатэмэ, фочыпэкIэ хы Iуфэм Iуамыхуатэмэ, кхъухьхэмрэ кхъуафэхэмрэ ирагуэурэ тенджызым зэпрамышатэмэ, псэм пащI я хэкур зыбгынэн зы адыги къэхъунтэкъым. Аращ илъэси 100-кIэ зэпымыуа зауэ гущIэгъуншэм къытхуихьар — хэкур ябгынэн хуейуэ ирахулIащ адыгэхэр, я лъахэр, я мылъкур, я гъавэмрэ я Iэщымрэ, я адэжьхэм я кхъэлъахэхэр, я губгъуэхэр, я къуршхэр, я мэзхэр, я хадэхэр, я псы уэрхэр IэщIыб ирагъэщIурэ… «Всемирный путешественник» газетым 1871 гъэм итхащ: «Илъэс дэкIри, абыхэм я бжыгъэ щанитIыр зэтелIащ… Батум деж щитIысыкIа хьэжрэт мин 22-м щыщу псэууэ къэнэжар мини 7-щ; Самсун щытIыса мин 30-м къелар 1800-рэщ, нэгъуэщIу жыпIэмэ цIыхур мин бжыгъэкIэ зэтелIащ. «Апхуэдэ насыпыншагъэр апхуэдизу егъэлеяуэ цIыху цIыкIум я нэгу щыщIэкIар зэзэмызэщ» — итхыгъащ урыс пащтыхьым и зэрыпхъуакIуэ политикэр зыфIэзахуэ Дроздов Иван. Хэкур зрагъэбгына адыгэхэм хамэ щIыналъэм тыншыгъуэ щагъуэтакъым. Пащтыхьхэм я зэманым и закъуэкъым лъэпкъхэр зэхэзехуэн ящIу, я хэкум ирахуу щыщытар. Совет къэралым и зэманми къэхъуащ апхуэдэ насыпыншагъэ. ИтIани, адыгэхэм кIэлъызэрахьа лейм хуэдэ зылъыса къэгъуэтыгъуейщ — лажьэ зимыIэ лъэпкъыр зэрылъэпкъыу ирахуащ я хэкум, хамэ щIыналъэхэм хэхэс щыхъуащ ахэр. Зауэм и зэманым зэтраукIащ адыгэ лъэпкъ зыбжанэ: адэмейхэр, мэкъуэшхэр, жанейхэр, хэгъакIэхэр; убыххэр зэрыщыту ирахуащ я хэкум. Зауэм къела шэрджэсхэр (мин 33-рэ хуэдиз хъууэ) Псыжь губгъуэ шэдылъэм ягъэIэпхъуащ, ахэр къатIысыхьащ, я щхьэр кърамыгъэIэтын щхьэкIэ. Вакъэ зэв ирагъэуващ Псыжь губгъуэ ягъэIэпхъуахэр, я лъэр япхащ, яхурикъун гъавэщIапIэ къратакъым, я нэр ямыгъаплъэ, ягу къихьэмкIэ ягъэкъуаншэ хъуащ. А псор яхуэмышэчурэ, Кавказ зауэр зэрыувыIэ лъандэрэ илъэс 30 — 40 дэкIарэ пэт, заIэтурэ Тыркум куэд Iэпхъуащ. Илъэси 149-рэ мэхъу Кавказ зауэр зэриухрэ. ИлъэсищэкIэ зэпыуакъым ар, зэзэмызэщ апхуэдэ зауэ гущIэгъуншэ цIыху цIыкIум и нэгу щыщIэкIар. Гуузщ абы и тхыдэр, ноби дызыщымыгъуазэ куэд хэлъщ а зауэм и тхыдэм, и кIэм нэсу джа хъуакъым. Илъэси 149-м и кIуэцIкIэ дунейми Урысейми зэхъуэкIыныгъэ куэд къыщыхъуащ. Зихъуэжащ адыгэхэм я гъащIэми. ИтIани, дигу ихуркъым адыгэхэм я щхьэр, я хэкур зыхалъхьа зауэ гуащIэр, абы къыттридза уIэгъэр кIыжакъым нобэр къыздэсым — ар зыхыдощIэ къэбэрдейхэми, адыгейхэми, шэрджэсхэми, шапсыгъхэми. Дэ дигу къоуэ адыгэхэр зытекIуэда лъыгъажэ зауэм и пэжыпIэр тщIэныр, тIуэтэныр къыщытпаубыд къызэрыхъур. Ди тхыдэм зэIумыбз куэд хэлъщ, а псор хэIущIыIу хъуа нэужьщ цIыхум я акъыл щызэтехуэнур. Пэжыр щIэбуфэ хъунукъым, ар IэфIми дыджми. Пэжым цIыхухэр зэрешалIэ, пцIым зэблеш. Тхыдэм и шэрхъыр къыпхуегъэкIэрэхъуэкIыжынукъым, блэкIам къыпхуегъэгъэзэжынукъым. Тхыдэм и дерсхэм дригъуазэурэ ди щыуагъэхэр дгъэзэкIуэжын тхузэфIэкIа нэужьщ лъэпкъхэм яку зэгурыIуэрэ ныбжьэгъугъэрэ щыдэлъынур. Кавказ зауэм хэкIуэдахэм (адыгэхэми, урысхэми, къэзакъхэми) фэеплъ яхуэхъунущ абы и пэжыпIэр — ар геноцидщ адыгэхэм дежкIэ, аращ фIэкIыпIэ зимыIэ пэжыр. Апхуэдэ лъэбакъуэ псоми тхуэчмэ, абы и ужькIэ нэхъри благъэ, гуапэ дызэхуэхъунущ Урысей Федерацэм ис лъэпкъхэр, ди къэралри нэхъ лъэщ хъунущ, лъэпкъхэм яку дэлъ ныбжьэгъугъэри нэхъ ефIэкIуэнущ. Дунейпсо Адыгэ Хасэр, ди къэралми нэгъуэщI къэралхэм щызэхэт Адыгэ Хасэхэр Урысей Федерацэм и Президентым, Правительствэм, Урысейм и Федеральнэ Зэхуэсым щогугъ гугъуехь куэд зыгъэва адыгэ лъэпкъым хуэфащэ гулъытэ къыхуащIынкIэ. Адыгэхэр илъэсищэкIэ зыхэта лъыгъажэ зауэр геноциду къалъытапхъэу 1992 гъэм унафэ къищтауэ щы-тащ Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и Совет Нэхъыщхьэм, 1994 гъэм КъБР-м и Парламентым ардыдэмкIэ зыхуигъэзауэ щытащ Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсымрэ Къэрал Думэмрэ. А лъэIухэм иджыри къэс зыри къикIакъым. Къэбэрдей Адыгэ Хасэ. Iуэху еплъыкIэ ДАХ-м щIалэгъуалэр псалъэмакъ щхьэпэм ирешалIэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и хэщIапIэу Налшык дэтым накъыгъэм и 16-м щекIуэкIащ «Шэрджэсхэр: къэкIуэнум и теплъэгъуэхэр» зыфIаща зэIущIэ. Абы и лэжьыгъэм хэтащ КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм щIалэгъуалэ политикэмкIэ и департаментым и унафэщI КIурашын Анзор, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэ Адыгэ (шэрджэс) жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я зэзыгъэуIу советым и тхьэмадэ, тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат Къалмыкъ Жылэбий, ДАХ-м ЩIалэгъуалэ политикэмкIэ, спортымрэ туризмэмкIэ и комитетым и Iэтащхьэ Битокъу Аслъэнбэч, Сабийхэм эстетикэ и лъэныкъуэкIэ гъэсэныгъэ ятынымкIэ Къэзанокъуэ Жэбагъы и цIэкIэ щыIэ центрым и унафэщI Къуныжь ХьэIишэт, Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым и щIэныгъэ лэжьакIуэ пашэ Мэрзей Аслъэнбэч, республикэм и гъащIэм жыджэру хэт, зэфIэкI къэзыгъэлъэгъуа щIалэгъуалэр, IэщIагъэлIхэр, журналистхэр, нэгъуэщIхэри. — Куэд щIауэ, дытепсэлъыхьырт адыгэ Iуэхум тегузэвыхь, абы ирипIейтей цIыхухэр зэшэлIэн зэрыхуейм. Лъэпкъым и къэкIуэнур зэрымыIупщIым иригузавэ куэд щIалэгъуалэм яхэтщ. Апхуэдэхэм я гупсысэрэ чэнджэщрэ дыщIэдэIумэ нэхъ къатщтэу, ди акъыл зэхэддзэмэ, лъэпкъым и къэкIуэнум теухуауэ унэтIыныгъэщIэхэр къызэрыунэхунум дыщыгугъыу нобэ фызэхуэтшэсащ, — жиIащ зэхыхьэр къызэIузыха ДАХ-м и хэщIапIэ нэхъыщхьэм и унафIэщI Мыкъуэжь Арсен. Къызэхуэсахэр псалъэмакъым нэхъ жыджэру къыхэша хъун папщIэ, «Черкесский вопрос» тхылъыщIэр зи IэдакъэщIэкI, тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат Къалмыкъ Жылэбий и Iуэху еплъыкIэр къиIуатэу щIидзащ: — Адыгэ Iуэхур къыщежьари къыщIежьари 2014 гъэм Сочэ щекIуэкIын хуей олимпиадэракъым, — жиIащ абы. — Дауи, абы тIэкIу щIигъэхуэбжьагъэнкIи хъунщ а псалъэмакъыр, ауэ адыгэ Iуэхур нэхъ жыжьэ къыщожьэ. Апхуэдэуи Жылэбий и гугъу ищIащ адыгэ лъэпкъыр зэрызэбгрыдзам, зэрыубыдыжын зэрыхуейм. ИкIи ар зэдгъэхъулIэн папщIэ, абы гугъуехь куэд зэрыпыщIам, хэкIыпIэхэр къызэрыгъуэтыгъуейм лъэпкъым щыщ куэд зэрызэгуигъэпыр, нэгъуэщIхэми. — Шэрджэсхэм я къэкIуэным теухуауэ гупсысэ зэмылIэужьыгъуэхэр щыIэщ, — къыпищащ и псалъэм Къалмыкъ Жылэбий. — Ахэр кIуэ пэтми нэхъыбэж хъунущ, сэ сызэрегупсысымкIэ. ЕтIанэгъэ илъэси 150-рэ ирокъу Урыс-Кавказ зауэр зэриухрэ. Абы ирихьэлIэу а Iуэхум тепсэлъыхьхэри тетхыхьхэри нэхъыбэж хъунущ. Дэ нобэ дегупсысын хуейщ сыт хуэдэ дерс ди тхыдэм къыхэтхыфынуми, дяпэкIэ лъэпкъым зыдузэщIын папщIэ длэжьыпхъэми. КъищынэмыщIауэ щIэныгъэлIым и гугъу ищIащ Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъхэм ящыщу, псом нэхърэ зи Хэку нэхъыбэу икIар зэрыадыгэм къыхэкIкIэ, абыхэм я щIыналъэр фIыуэ ямылъагъужу щытауэ зыгъэIухэри зэрыщыIэр. Апхуэдэхэм шэрджэсхэр ягъэкъуаншэ зэрызамыхъумэжыфам папщIэ. — Мы иужьрейм ещхь Iуэху еплъыкIэ «мышу» къэзыпсэлъхэр тхыдэм фIыуэ щымыгъуазэхэращ, — жиIащ абы теухуауэ Жылэбий. — Адыгэхэм къазэрытегуплIа Iэмалхэр куэдкIэ нэхъ гущIэгъуншэт икIи хэкIыпIэншэт Кавказым иса адрей лъэпкъхэм Урысей къэралыгъуэжьыр къазэреныкъуэкъуа щIыкIэм нэхърэ. Ар япэрауэ. ЕтIуанэрауэ, а лъэхъэнэм лъахэм къытезэрыгуа бийр нэхъыбэу зыхуэныкъуэри, зыхущIэкъуари тенджыз ФIыцIэ Iуфэр иубыдынырат. Ар гурыIуэгъуэу ди гугъэщ. Тхыдэм и напэкIуэцIхэм тэмэму дыщыгъуэзэным и мызакъуэу, нобэрей гъащIэми дыхэзагъэу щытын зэрыхуейм къыхуриджэу, Къалмыкъ Жылэбий жиIащ: — Еджэныгъэм и IэмалыщIэ псори къэдгъэсэбэпрэ, ди щIэныгъэм сыт и лъэныкъуэкIи зэрыхэдгъэхъуэным, абы къыдэкIуэуи адыгэ лъэпкъым ди хъугъуэфIыгъуэхэр зэрытхъумэжыным яужь дитмэ, зэманым дыдэкIуэтэфынущ. Дызэхуэарэзыжу детIысэхыж хъунукъым. Хуэмыхухэр нэхъ ди мащIэу, жыджэрхэр ди нэхъыбэу щытын хуейщ. Зэхыхьэм и гугъу щащIащ мы зэманым адыгэ Iуэхум интернетми куэд тепсэлъыхь зэрыщыхъуар. Абы, ди жагъуэ зэрыхъунщи, тхыдэм фIыуэ хэзымыщIыкIхэри ирисондэджэрхэри щыIэщ. — Интернетым адыгэ Iуэхум нэхъыбэу щытепсэлъыхьыр ныбжьыщIэхэращ, — жиIащ КIурашын Анзор. — Зи гугъу ящIым теухуауэ абыхэм щIэныгъэшхуэ зэрабгъэдэмылъым гу лъыботэ икIи урогузавэ. ХъыбарегъащIэ «губгъуэу» щыт интернетым къыщекIуэкI псалъэмакъ «мыфэмыцхэр» лъэпкъ Iуэхум зэран хуэдмыгъэхъун папщIэ, абы еплъыкIэ узыншэ хузиIэ, тхыдэм фIыуэ хэзыщIыкI цIыхухэр хэшэн хуейщ. А гупсысэр къызэдащтащ зэхыхьэм къекIуэлIа псоми. Зэхуэсым Сирием къиIэпхъукIыжхэм я Iуэхуми щытепсэлъыхьащ. Абы теухуауэ и Iуэху еплъыкIэр къыщиIуатэм, КIурашыным жиIащ: — Хэкуэгъухэм ехьэлIауэ къыдэкIа хабзэм къищынэмыщIа, хамэ щIыпIэ къиIэпхъукIыжхэм ядэIэпыкъунымкIэ ди къэралым и законодательствэм нэгъуэщI зы хэкIыпIи щыхэплъагъуэркъым. Законым къызэригъэувымкIэ, къэралыр хэкуэгъухэм къадэIэпыкъунущ, ауэ мы зы гъуэгукIэ, абыхэм щыпсэуну къыхуагъэлъагъуэр Кавказым пэжыжьэ щIыналъэхэращи, а Iуэхугъуэм Сирием къикIыж ди лъэпкъэгъухэр, сыт хуэдизрэ делъэIуами, иджыри къыздэсым тхуеувэлIакъым. Абыхэм яжыдоIэ илъэситI дэкIмэ, Урысей Федерацэм и гражданин цIэр къызэрыфIащынур икIи абы и ужькIэ, кърата унэхэр ящэжу, Кавказым къэIэпхъуэж зэрыхъунур. Ауэ, ар хэкуэгъухэм я тхьэкIумэ ирагъэхьэххэркъым. Ахэр хуейщ Хэкужьым нэхъ псынщIэу увыIэпIэ щагъуэтыжыну. Ар дэркIи гурыIуэгъуэщ, ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, хэкуэгъухэм ядэIэпыкъуным хуэунэтIауэ, иджыпсту къэралым щызекIуэ хабзэр апхуэдэщ. Зэхуэсым кърихьэлIа щIалэгъуалэр щIэупщIащ хэкуэгъухэм ядэIэпыкъуным хуэгъэзауэ къэралым и законодательствэм зэхъуэкIыныгъэ хэплъхьэ щIэмыхъунум и щхьэусыгъуэм. Абы и жэуапу КIурашын Анзор жиIащ: — Иджыпсту Урысей Федерацэм и Хабзэгъэув IэнатIэм псалъэмакъ щхьэпэ щокIуэкI шэрджэсхэм «беженец» («IэмалыншагъэкIэ къыщIэпхъуэжын хуей хъуа») статус етыным хуэунэтIауэ. АбыкIэ жэрдэмыр зейр УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым хэт, Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэ, сенатор Къэжэр Альбертщ. Зэхыхьэм къыщаIэта Iуэхугъуэхэр куэд хъурт, дэтхэнэми зэпкърыхауэ тепсэлъыхьыпхъэщ. Абы къыхэкIкIэ, къызэхуэсахэр арэзы техъуащ, адыгэ лъэпкъым и къэкIуэнум хуэгъэза псалъэмакъ щхьэпэм дяпэкIи пыщэн зэрыхуейм. Мазэм къриубыдэу зэ зэхуэсмэ, къекIуалIэхэм я бжыгъэр нэхъыбэж хъумэ зэрагуапэр абыхэм къыхагъэщащ. КЪУМАХУЭ Аслъэн. Сурэтхэр Елъкъэн Артур ейщ. Адыгэхэм къытхужаIахэр КъэбэрдеитIми исыр зы лъэпкъщ, ижь-ижьыж лъандэри иджыи щхьэхуитщ ахэр, япщхэм ящыщ зыкъомым АрысеймкIэ зрагъэбами, зыми дэкъузэн зрагъэщIакъым. Абыхэм я щхьэм и хуитыныгъэм пащI щыIэкъым, я гъунэгъу къэралхэм я IэмыщIэ зралъхьэн дэнэ къэна, уеблэмэ япщхэми зрагъэувэлIэфынукъым, езыхэр мыарэзымэ. Абы къыхэкIкIэ, пщым пщIэрэ унафэрэ зэрызыIэригъэхьэфынур езым и лIыгъэ къудейкIэщ. Гербер Иоганн. 1728 гъэ ГущIэгъу зыхэлъхэм зыфхудогъазэ Сирием щыпсэу шэрджэсхэм я джэ макъ Хэкужьым къина адыгэхэр дапщэщи дропIейтей хамэщI щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм. Мы лъэхъэнэм дрогузавэ Сириер псэупIэ зыхуэхъуауэ щыта адыгэхэр абы щекIуэкI зауэм псэзэпылъхьэпIэм зэрыригъэувам. Пэжщ, абы щыпсэуахэм ящыщ гуэрхэри къэIэпхъуэжыфащ адыгэ щIыналъэхэм, ауэ зауэ мафIаем къыхэнауэ абы пыщIа гугъуехь мыухыжхэр зыгъэвхэр нэхъыбэж мэхъу. Иджыблагъэ ди редакцэм къыщIыхьащ Сирием щыпсэуауэ щыта, иджы Нартан къуажэм дэс и Iыхьлыхэм псэупIэкIэ къызэрагъэпэща Къущхьэ Надим. Абы къытхуиIуэтащ а хамэ щIыпIэм и бэлыхьхэр зыгъэв адыгэхэр мы зэманым зэрыхуа щытыкIэ къызэрымыкIуэр. Дамаск дэт Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и цIэкIи лъэпкъым зыхуегъазэ ди хэкуэгъухэр зыхэхуа бэлыхьыр ядэгъэпсынщIэнымкIэ дэIэпыкъуэгъу хъуну. — Сирием ис адыгэхэр нобэ зыхэт мафIэмрэ гузэвэгъуэмрэ нэхърэ нэхъ гуауэрэ дыджрэ ахэр хуэзакъым, Урыс-Кавказ илъэсищэ зауэшхуэр зэриух лъандэрэ. ЩIыпIэм щекIуэкI зауэр нэсащ адыгэхэр куэду зыдэс къуажэхэм, жылэхэм. Ди лъэпкъэгъухэм ящыщу цIыхуи 100-м щIигъу хэкIуэдакIэщ а зауэ гуащIэм, нэхъыбэжи уIэгъэ хъуащ. Куэдым яIэжкъым я псэуалъэхэр, унэхэр, ябгъэдэлъа мылъкури щIэпхъаджащIэхэм зэрапхъуащ, — жеIэ Надим. — Адыгэ унагъуэ мини 4-м нэс Дамаск къалэм къыдэзэрыхьащ, гузэвэгъуэм кърихужьэри. ЦIыху мин бжыгъэхэм я IэнатIэхэр яфIэкIуэдри, зэрыпсэун, яшхын ямыIэу джафэу къэнащ. Абыхэм зэралъэкIкIэ ядоIэпыкъу Дамаск дэт Адыгэ ФIыщIэ Хасэмрэ абы и къудамэу щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щыIэхэмрэ. Апхуэдэ щIэгъэкъуэн лъэщыр мыхъуатэмэ, а хамэ щIыналъэм щыIэ адыгэхэм леищэ къатехьэнт, ауэ, итIани, зэрыжаIэщи, «бзум ил и лъэпсщ»: Хасэми тэмэму, зэрыхуейуэ цIыхухэр къыхузэгъэпэщыркъым ахэр Iэмалыншэу зыхуей-зыхуэфI псомкIи. Ди лъэпкъэгъухэр зыхэт апхуэдэ гузэвэгъуэр зылъагъу, ауэ нэсу дэмыIэпыкъуф Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и джэ макъыр яхуэгъэзащ дунейм тет адыгэ псоми. «Ди къуэшыфIхэ, ди лъэпкъэгъухэ! ДыныволъэIу дэIэпыкъуэгъу фыкъытхуэхъуу дызэрыт гужьеигъуэм дыкъыхэфшыну. «МафIэм пэгъунэгъу лыр мажьэ», — жеIэ псалъэжьым. Вбгъэдэлъ адыгагъэмрэ цIыхугъэмрэ зэрыгъунапкъэншэр дощIэри, дыныволъэIу гу къытлъыфтэну. Гуапэ зыхэлъым псапи хэлъщ. Фи хэхъуэр куэду, гуапагъэрэ псапэрэ фщIэфу куэдрэ узыншэу Тхьэм фигъэпсэу! Дамаск дэт Адыгэ ФIыщIэ Хасэр». «Лъэпкъ и зыпкъ кIуэдыркъым», — жеIэ адыгэ псалъэжьым. Сирием щыпсэу адыгэхэм мылъкукIэ защIэзыгъэкъуэну хуей дэтхэнэми зыпищIэ хъунущ Дунейпсо Адыгэ Хасэм. Абы и реквизитхэр мыращ: Союз Общественных объединений «Международная Черкесская Ассоциация» В лице президента Сохрокова Х. Х., действующего на основании Устава Юридический адрес: 360000, Россия, Кабардино-Балкарская Республика, г.Нальчик,ул.Шогенцукова, 6 тел.42-05-73,Факс 42-58-34 ИНН- 0721002124 КПП-072101001 Коммерческий банк «БУМ-БАНК» ООО г.Нальчик, ул.Ногмова, 62, Счет № 40703810720000000701 К/С № 30101810100000000749 БИК 048327749 ИНН 0711007268 КПП- 072101001 ЖЫЛАСЭ Маритэ. Псыр къэбгъавэмэ, бахъэ мэхъу ИвэщIэху къагъавэурэ бахъэу уэгум ираутIыпщхьэжа псым ещхь хъуащ адыгэ лъэпкъым и Iуэхур. УвыIэншэу илъэсищэкIэ утетхыхьми къыпхуэIуэтэнкъым и хэкур, и псэукIэр, и гупсысэкIэр ихъумэжын папщIэ мы дунейм абы лъырэ нэпсу щрикIутар. Езыр илъэс мин бжыгъэкIэ щыпсэуа и щIыдэлъху хэкум хуимытыжу, адыгэм къыхудэхуащ а лъэхъэнэм Уэсмэн империем хабжэу щыта щIыналъэ зыбжанэм папщIэ илъ игъэжэн, ахэр къэрал хъуным щIэзэун. Урысей пащтыхьыгъуэм Кавказыр къизэун хуей щIэхъуам нобэрей щIэныгъэлIхэм, къэхутакIуэхэм щхьэусыгъуэ зэтемыхуэхэр къыхуагъуэт, ауэ зауэу дунейм щекIуэкIауэ хъуам зы щхьэусыгъуэщ яIар — ар гъунэгъум и щIыналъэмрэ и мылъкумрэ къытехынырщ! Пэжщ, зауэр яублэн папщIэ нэгъуэщI щхьэусыгъуэхэри къагупсыс, ауэ кIэухыр зыхуэкIуэжыр аращ. А лъэхъэнэм Урысейм иIэт щапхъэ хуэхъун щIэпхъаджагъэхэр зезыхьа къэралхэр. Франджы, Инджылыз, Испание, Португалие къэралхэм Америкэ континентым тепщэныгъэр щаубыдыным хуэунэтIауэ ирагъэкIуэкIа Iуэхухэм, щызэрахьа залымыгъэхэм Романовхэ щыгъуазэу щымытауэ жыIэгъуейщ. Абы нэмыщI а къэралиплIым Африкэр яунэщIащ. ЩIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, ахэр мыхъуамэ, «континент фIыцIэм» нобэ щыпсэунут Китайм, Индием цIыху бжыгъэу исым хуэдиз. Тыркури адыгэхэм къахуей хъуауэ щIыщытар Европэм щылъэлъэж езым и лъапсэр игъэбыдэжынращ, армыхъумэ къахуиIэ лъагъуныгъэм «къызэгуитхъыу» аратэкъым. Урысейм пэщIэт защIурэ адыгэхэм я лъапсэр гъэгъущыным фIыуэ хэлэжьыхьахэщ Франджыри Инджылыз къэралри. Романовхэ я лъэпсэрых политикэр 1910 гъэм нэс лэжьащ, ауэ езыхэм я дунейр зэраухыжари нэхъ дахэкъым. БлэкIам дигъэгухэ пэтми, ди лъэпкъэгъуу хамэ къэрал щыпсэухэм ягурыгъэIуапхъэщ бланэ пэт щалъхуам зэрекIуэлIэжыр. Уи Хэку ущыпсэуныр щыгъэтауэ, ущылIэжынри насыпщ. Апхуэдэ гупсысэкIэ имыIэу адыгэр псэун хуейкъым. Пэжщ, хамэ къэралхэм щыпсэу адыгэхэм дэ, и Хэку исыжхэм, гуныкъуэгъуэ гуэрхэр къытхуаIэщ. Ауэ, игъащIэ лъандэрэ зэпыщIауэ къекIуэкI адыгэпсэмрэ Адыгэ Хэкумрэ гъуэгу сыт щыгъуи къызэхуагъуэтыжынущ, гуауэ мыухыжым хисхьа ди нэхъыжьыфIхэм я псэр дгъэтыншыжын папщIэ. ИкIи псори и пIэ щизэгъэжынур ди лъэпкъыр зы хъужа нэужьщ. Ар хьэкъщ! ГЪУКIЭКЪУЛ Даут. Жыгыжьым и пIэ ИращIыкIащ, ягъэсыжащ жыг-дадэр, Хъуащ фаджэ дунеишхуэм и жыг хадэр, Ауэ псэ хэтщ абы къыщIэна лъабжьэм… Ар дауэ хуэхъумауэ пIэрэ яжьэм?! А лъабжьэм къыдожыж чы лантIэ цIыкIухэр, Сабийуэ, дыгъэ бзийхэм ядэджэгухэр. Зы напIэм къыхэкIами, зыпкъ ямыIэ, — Лъабжьэжьыр а гукъеуэм егъэгуIэ. А цIыкIухэр махэщ, сабий зекIуагъащIэу, Жьы къепщэмэ, ежьужьхэм зытрагъащIэу, Ауэ дэтхэнэ зыми къыщохъужыр Езыр арауэ лъабжьэр щIэмыгъужыр. А лъабжьэрами къэзылъхуар езыхэр, Я фIэщу жаIэу, къохъу щытхьэусыхэ, Лъабжьэжьыр Iуплъэгъуейрэ къуабэбжьабэу, КъыщетIысэхыу жьым зэрихьэр сабэу. Нэхъ ин хъухун чы лантIэ зэблэкIыкIхэр, КъафIэмыIуэхуу лъабжьэм токIуэтыкIхэр… Иджыри игъуэщ ахэр зэппхыжыну, Зыпкъ хъужын папщIэ зэхэбгъэкIэжыну. Ауэ а Iуэхум хэт зыпищIэфыну, КъэкIуэнум щхьэузыхь зыхуищIыфыну? ИкIи жыг уардэр къэкIыжыным папщIэ, Къарууэ, лIыгъэу текIуэдэнур дапщэ?.. Лъэужь къудей къамыгъэнэн я гугъэу, ИращIыкIами ныбжьрей жыг-дадэр, ЯщIами фаджэ гъащIэм и жыг хадэр, Согугъэ къэкIыжыну зы жыг уардэ А щIыпIэ дыдэм, япэм хуэдэу гъагъэу, Къудамэр хы толъкъунхэм къадигъафэу, И жьауэр зи гур къабзэм и псэхупIэу, И щхьэкIэр мелыIычхэм я тIысыпIэу, Зы хъужа пкъышхуэм гъащIэр къыщыкъуалъэу, КъыщхьэщыIукIри нартхэм я пшыналъэу… Тхьэм чыхэр жыгыпкъ лъэщу къигъэкIыж, Зэкъуамычыжу, ямыщIыжу чыш!..
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27805.txt" }
Жэз медалхэр я Iэрылъхьэщ Урысей Федерацэм футболымкIэ и япэ дивизионым 2012 — 2013 гъэхэм щекIуэкI зэхьэзэхуэр иухыным иджыри зы джэгугъуэ иIэжу «Спартак-Налшыкым» жэз медалхэр зыIэригъэхьащ. И хьэрхуэрэгъу нэхъыщхьэ Калининград и «Балтика»-р вэсэпшыхь 2:0-у зэрыхигъэщIамрэ Хабаровск и «СКА-Энергия»-р «Уфа»-м зэрытемыкIуэфамрэ я фIыгъэкIэ «Спартак-Налшыкым» зэхьэзэхуэм ещанэ увыпIэр щиубыдащ. Ди щIалэхэм ящыщу топитIри дэзыгъэкIар Аверьянов Алексейщ. АдэкIэ налшыкдэсхэм мыхьэнэшхуэ зиIэ джэгугъуитI накъыгъэм и 30-мрэ мэкъуауэгъуэм и 4-мрэ къапоплъэ. Абы хьэрхуэрэгъу къащыхуэхъунущ премьер-лигэм щекIуэкI зэхьэзэхуэм епщыкIуплIанэ увыпIэр къыщызыхь командэр. Ар хигъэщIэфмэ, «Спартак-Налшыкым» къэралым футболымкIэ и гуп нэхъыщхьэм игъэзэжынущ. Жыласэ Заурбэч
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27810.txt" }
ГъукIэпщокъуэ Щауэмир и пшахъуэ IэрыкIхэр Адыгэхэм я Фэеплъ махуэм, накъыгъэм и 21-м, а Iуэхум ехьэлIа гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэн Лъэпкъ музейм (Налшык) къыщызэIуахынущ. Адыгэ Республикэм щыщ IэпщIэлъапщIэ ГъукIэпщокъуэ Щауэмир «1763 — 1864» зыфIища выставкэм утыку къыщрихьэнущ пшахъуэкIэ абджыпсым трищIыхьа сурэтхэр. «Пшахъуэ гъуазджэ», «пшахъуэ графикэ» жиIэу къызэрыкI «sand art» Iэмалыр анимационнэу (мультипликационнэу) къалъытэ, видеокIэ техауэ е сурэту фIэкIа зэрыпхуэмыхъумэнум къыхэкIыу. Абджыпсым пшахъуэкIэ тещIыхьа сурэтхэр щылъу, и лъабжьэмкIэ къыщыгъэнэхуауэ фIэкIа пхуэгъэлъэгъуэнукъым. «1763 — 1864» гъэлъэгъуэныгъэр Урыс-Кавказ зауэр зэрыщIидзэрэ илъэс 250-рэ зэрырикъум ирагъэхьэлIащ. ГъукIэпщокъуэм и IэдакъэщIэкIхэм тегъэщIапIэ яхуэхъур, шэч хэмылъу, тхыдэрщ, езым и гум щыхъэ, и псэм къыщыуш гупсысэхэмкIэ щIэгъэбы-дауэ. Адыгэ лъэпкъым и щхьэм кърикIуа мыгъуагъэм и пэжыр нобэми нэсу джа хъуакъым. А Iуэхугъуэр, тIэкIунитIэкIэ нэхъ мыхъуми, и гъэлъэгъуэныгъэмкIэ игъэкIуэтэн мурад зыщIа ГъукIэпщокъуэ Щауэмир и гугъэм теIэбэну ди гуапэщ. Лэжьыгъэхэр зэзыгъэлъагъуну, мастерым и дерсхэм еплъыну гукъыдэж зиIэхэр Лъэпкъ музейм нобэ фекIуалIэ хъунущ сыхьэт 12-рэ дакъикъэ 30-м ирихьэлIэу. Апхуэдэу зэIущIэм щагъэлъэгъуэнущ «Адыгэ Хэку» анимацэ фильмыр. ИСТЭПАН Залинэ
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27812.txt" }
Хэхэс адыгэхэр зыIууэ гугъуехьхэр щызэпкърех Иджыблагъэ дунейм къытехьащ тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор Къущхьэбий Анзор и къалэмыпэм къыщIэкIа «Хэхэс адыгэхэм я Хэкум къагъэзэжыным пыщIа гугъуехьхэр: тхыдэ, политикэ, социальнэ практикэ» тхылъыр. Ар къыщыдэкIащ РАН-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым и тхылъ тедзапIэм. Мы зэманым къэрал 50-м адыгэу мелуани 4-м щIигъу щопсэу. ЖыпIэнурамэ, Урысей Федерацэм ис адыгэхэр зэрыхъум нэхърэ куэдкIэ нэхъыбэщ дуней псом щызэбгрыдзауэ псэу ди лъэпкъэгъухэм я бжыгъэр. Абыхэм я нэхъыбапIэм я гъащIэр яхь я адэжь щIыналъэр я плъапIэу, хэкужьыр псэупIэ яхуэхъужыныр я хъуэпсапIэу. Ауэ ар нахуапIэ хъуным гугъуехь куэд пыщIащ икIи аращ нэхъыбэр Iузыгъэщтыр. Тхылъым зэхэхауэ къыщыгъэлъэгъуащ хамэ къэрал щыпсэу адыгэхэм ящыщу адэжь щIыналъэм къэIэпхъуэжыну мурад зыщIхэр зыIууэ гугъуехьхэр зыхуэдэр. ЩIэныгъэлIым зэпкърех Адыгэ, Къэбэрдей-Балъкъэр республикэхэм къэзыгъэзэжа адыгэхэр щIыналъэхэм щекIуэкI социально-экономикэ, щэнхабзэ, политикэ гъащIэм зэрыхэзэгъэжыр. Хэкум ирагъэкIахэм, абыхэм я щIэблэм я къуэпсхэр къыщежьэ щIыналъэм къагъэзэжыныр дуней псом щызэбгрыдза ди лъэпкъэгъухэр куэд лъандэрэ зыгъэгумэщI Iуэхущ. Ар къыщожьэ адыгэхэр Уэсмэн империем щхьэхуимыту щагъэIэпхъуа лъэхъэнэм (1858 — 1865 гъгъ.) икIи нобэр къыздэсым абы хэкIыпIэ тэмэм къыхуагъуэтакъым. Iуэхур тэмэму зэтеубла щIэмыхъум и щхьэусыгъуэ зэхуэмыдэхэр тхылъым къыщыхьащ. КъыдэкIыгъуэр щигъэхьэзырым Къущхьэбий Анзор къигъэсэбэпащ архив дэфтэрхэр, АР-мрэ КъБР-мрэ я къэрал органхэмрэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ къыдагъэкIа законхэмрэ унафэхэмрэ, къащта хабзэхэр, тхыдэдж щIэныгъэлIхэм я IэдакъэщIэкIхэр, Налшык, Мейкъуапэ, Сыхъум къыщыдэкI газетхэм къытехуа тхыгъэхэр, Интернетым ит хъыбархэр. ЩхьэщэмыщI Изэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27817.txt" }
Мы махуэхэм Накъыгъэм и 21, гъубж Урыс-Кавказ зауэм (1763 — 1864) хэкIуэда адыгэхэм я фэеплъ махуэщ Дзэ зэдзэкIакIуэм и махуэщ Хы Щэху флотым и махуэшхуэщ 1864 гъэм иухащ илъэсищэм щигъукIэ екIуэкIа Урыс-Кавказ зауэр. 2004 гъэм Налшык къыщызэIуахащ Кавказ зауэм хэкIуэда адыгэхэм я фэеплъ. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 19 — 21-рэ, жэщым градус 14 — 15 щыхъунущ. Накъыгъэм и 22, бэрэжьей Биологическэ зэмылIэужьыгъуагъэм и дунейпсо махуэщ Накъыгъэм и 22 — мэкъуауэгъуэм и 5-хэм Берген (Норвегие) щызэхэтынущ гъуазджэхэмкIэ дунейпсо фестиваль. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 21 — 23-рэ, жэщым градус 14 — 18 щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27819.txt" }
БлэкIам къыпхуегъэгъэзэжынукъым ЦIыху тхыдэм зэи къыщымыхъуауэ кIыхьу икIи гущIэгъуншэу щыта, нобэр къыздэсым зэхэгъэкIауэ джа мыхъуа, апхуэдэу щыщыткIэ, къэралхэм, лъэпкъхэм ящыщ куэд зыщымыгъуазэ зауэр зэриухрэ илъэси 149-рэ блэкIащ. Абы лъандэрэ дунейм хуабжьу зихъуэжащ, Урысейм ис лъэпкъхэм, абыхэм адыгэхэри яхэту, зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр ягъуэтащ. Ауэ блэкIа зэманым и гузэвэгъуэр иджыри цIыхухэм я лъым хэтщ, зауэм и уIэгъэхэри кIыжакъым, сыту жыпIэмэ абы и жьыр нобэ псэу къэбэрдейхэми, кIахэхэми, шэрджэсхэми, шапсыгъхэми къащIеху. Дэ ди псэм хэмыкIыжу хэлъщ тхыдэр къызэрыдэкъуэншэкIар, дызэрыригухар, сыту жыпIэмэ нобэм къэс Кавказ зауэм и пэжыр, адыгэ лъэпкъыр абы зыхидза гузэвэгъуэр хэIущIыIу ямыщIыну хэтщ. А зэманым зауэр зэрекIуэкIар къызэрагъэлъагъуэр зэтехуэркъым, сыту жыпIэмэ дэтхэнэ лъэпкъри абы езым и нэкIэ йоплъ. Апхуэдэу щыщыткIэ, лъэпкъхэр зэгурызыгъэIуэфынур, зэзыгъэкIужыфынур пэжырщ, ар сыт хуэдизу ткIыбжьу щымытми. Пэжым лъэпкъхэр зэкъуегъэувэ, пцIым зэкъуеуд. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, тхыдэм и гъуэгуанэр къыпхуеIуэнтIэкIыжынукъым, блэкIам къыпхуегъэгъэзэжынукъым. Ауэ тхыдэм и дерсхэр къилъытэурэ, Урысей Федерацэм нэхъ япэкIэ зэтрихьа гугъуехьхэр дигъэкIыу щытамэ, лъэпкъхэм я зэхущытыкIэхэри нэхъ тэмэму зэтригъэувэфынут. Урыс-Кавказ зауэм щызэпэщIэту хэкIуэдахэм (адыгэхэм, урысхэм, абыхэм къэзакъхэри яхэту) я фэеплъ нэхъыфI дыдэ хъунщ адыгэ лъэпкъыр лъапсэрыхыу ягъэкIуэдыну зэрыхэтар псоми зэхахыу жаIэмэ. Апхуэдэ лъэбакъуэр захуагъэ зыхэлъ тхыдэ Iуэхуу, лъэпкъхэр зэзыгъэкIуж, зэгурызыгъаIуэ Iуэхуу къалъытэнщ Урысей къэралыгъуэм и зэкъуэтыныгъэр, Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъхэм яку дэлъ мамырыгъэр зыфIэлъапIэ псоми. Дунейпсо Адыгэ Хасэр (ДАХ-р) ди къэралми нэгъуэщI къэралхэми щыIэ «Адыгэ Хасэхэр» щогугъ гузэвэгъуэ куэд къызэзынэкIа адыгэ лъэпкъым хуэгъэзауэ губзыгъагъэ ин зыхэлъ, политикэ и лъэныкъуэкIэ нэсу зэпэлъыта лъэбакъуэхэр Урысей Федерацэм и Президентым, УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым, Правительствэм ячыну. ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, КъБР-м и «Адыгэ Хасэ» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27823.txt" }
Сыт нобэ дызыгъэпIейтейр? Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым и зи чэзу зэхуэсыр накъыгъэм и 18-м Мейкъуапэ щекIуэкIащ. Лъэпкъыр зыгъэпIейтей Iуэхухэр зэпкърыхыным, абыхэм я хэкIыпIэхэр убзыхуным, дуней псом щикъухьа адыгэхэм я гъащIэм, псэукIэм щыгъуазэ зыщIыным, бзэр, тхыдэр, щэнхабзэр хъума хъуным теухуа псалъэмакъхэр къыщаIэта зэхуэсыр иригъэкIуэкIащ ДАХ-м и тхьэмадэ, экономикэ щIэныгъэхэм я доктор Сэхъурокъуэ Хьэутий. ЗэIущIэм кърихьэлIащ АР-м и премьер-министр КъумпIыл Мурат, ХъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ, хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм запыщIэнымкIэ и къэрал комитетым и тхьэмадэ Щхьэлахъуэ Аскэр, АР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къул Мухьэмэд, Адыгейм ис нэхъыжьхэм я советым и тхьэмадэ Хъунэгу Чатиб, филологие щIэныгъэхэм я доктор, АКъУ-м и профессор ШащIэ-Ергъукъу Шамсэт, щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и унафэщI Бырсыр Батырбий сымэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу зэIущIэм ирагъэблэгъащ КъБР-м хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин, ДАХ-м деж щыIэ ЧэнджэщакIуэ гупым и унафэщI Нэхущ Заурбий, КъБКъУ-м и профессор Дзэмыхь Къасболэт, Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и лэжьакIуэ Хъуажь Фахъри, «Хэку» зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ НэкIацэ Владимир, Сирием къикIыжауэ Налшык щыпсэу Къущхьэ Надим сымэ, нэгъуэщIхэри. ДАХ-м и зэIущIэм хэтхэм фIэхъус псалъэкIэ зыхуагъэзащ КъумпIыл Муратрэ Хъунэгу Чатибрэ. ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым и лэжьыгъэр къызэIуихащ бысым Хасэм и тхьэмадэ Бэгъущэ Iэдэм. Ар убгъуауэ тепсэлъыхьащ щIыналъэ Адыгэ Хасэм и пщэрылъхэр зэрызэфIигъэкIымрэ дяпэкIэ и мурадхэмрэ. ГъэзэщIакIуэ гупыр 2013 — 2015 гъэхэм зэлэжьыну Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм къызэхуэсахэр щыгъуазэ ищIащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэм и япэ къуэдзэ Къэжэр Артур. АдэкIэ псалъэ зрата Къущхьэ Надим тепсэлъыхьащ Сирием щыпсэу адыгэхэр иджыпсту зыхэт гугъуехьхэмрэ КъБР-м, КъШР-м, АР-м къэIэпхъуэжа ди лъэпкъэгъухэм я Iуэху зыIутымрэ, ахэр зыIууэ лъэпощхьэпохэм. Абыхэм защIэгъэкъуэнымкIэ щыIэ хэкIыпIэхэр къагъэлъэгъуащ гупым хэтхэм. Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд къызэхуэсахэм я пащхьэ ирилъхьащ Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 150-рэ зэрырикъум ехьэлIауэ екIуэкIыну Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм я планыр. Апхуэдэуи дунейм адыгэу тетым я зэкъуэтыныгъэм и махуэ хэха убзыхуным, Урысеймрэ хамэ къэралхэмрэ анэдэлъхубзэр хъума щыхъун папщIэ лъэпкъ программэ зэхэлъхьэным теухуаи Iуэху еплъыкIэхэр къыхэщу къэпсэлъащ ХьэфIыцIэр. Лъэпкъым и Iуэхур кIуэтэным, нобэ зыгъэпIейтейм, зи щхьэр мафIэм хэлъ Сирием щыпсэу ди къуэшхэр къегъэлыным, хэхэсхэм я бзэмрэ щэнхабзэмрэ хъума зэрыхъуным, нэгъуэщI куэдми теухуауэ гупсысэ убзыхуарэ Iуэху пыухыкIарэ къыхалъхьэу зэIущIэм къыщыпсэлъащ ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэри къеблэгъа хьэщIэхэри. А псори къызэщIакъуэжри, Iуэхугъуэ щхьэхуэхэр ягъэнэIуащ, зэман гъунэгъум зэфIагъэкIыну я мураду. ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым и зэхуэсыр зэрекIуэкIам теухуа тхыгъэ убгъуа ди газетым и къыкIэлъыкIуэ къыдэкIыгъуэхэм ящыщ зым тетынущ. НэщIэпыджэ Замирэ, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым хэт. Налшык — Мейкъуапэ. Адыгэ зауэлIхэр гъуэгу тохьэ. Сурэтыр Хьэгъундокъуэ Мухьэмэд ищIащ. Черкесск къалэ, 1994 гъэ
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27826.txt" }
Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 149-рэ щрикъум ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен цIыхухэм зэрызахуигъазэр Си хэкуэгъу лъапIэхэ! Нобэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэм, адыгэу дунейм тет псоми ягу къагъэкIыж зэман кIыхькIэ екIуэкIа Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 149-рэ зэрырикъур. Иужьрей илъэсхэм Кавказ зауэм теухуауэ куэд ятхащ, куэди жаIащ. Ауэ ди лъэпкъым и тхыдэм хиубыдэ а нэщхъеягъуэ пIалъэм дэ тхыдэм и напэкIуэцI нэхъ хьэлъэхэр дигу къегъэкIыж икIи а гузэвэгъуэшхуэм кърикIуахэм щIэрыщIэу дрегъэгупсысыж. Зэман кIыхькIэ екIуэкIа зауэ гущIэгъуншэм адыгэ лъэпкъ мыцIыкIур дуней псом щрикъухьащ, и блэкIар хэкIуэдауэ, фIыкIэ узыхуэплъэни имыIэжу. Нобэ дэ щалъхуа щIыналъэр яхъумэурэ зи псэр зытахэр дигу къыдогъэкIыж икIи Кавказ зауэм хэкIуэда псоми ди щхьэр яхудогъэщхъ. Сыт хуэдэ гузэвэгъуэрэ гугъуехьрэ къылъыкъуэмыкIами, адыгэ лъэпкъыр кIуэдыжакъым, абы и гуащIэри и зэфIэкIри къызэтенащ. АбыкIэ фIыщIэ зыбгъэдэлъыр дяпэ ита щIэблэхэрщ икIи дэ абыхэм фIыщIэ мыухыж яхудощI. ДыщызэплъэкIыжкIэ, гузэвэгъуэ Iуэхухэм къадэкIуэу дэ зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым урысхэмрэ адыгэхэмрэ я зэпыщIэныгъэхэу Кавказ зауэр къэхъеиным илъэс Iэджэ иIэжу зэтеувахэм фIыуэ хэтахэри. Урысей къэралыгъуэм зэрыхыхьам и фIыщIэкIэ, ди лъэпкъым хамэщI зэрыпхъуакIуэхэм защихъумэжыфащ, апхуэдэу Кавказым щекIуэкIа зауэ бжыгъэншэхэм къапхыкIыфащ. Лъэпкъым и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIа а лъэбакъуэм и фIыщIэкIэ адыгэхэм езыхэм дунейм щаIэ увыпIэр, фIыуэ ялъагъу я щIыналъэр, бзэр, щэнхабзэр яхъумэжыфащ икIи иджы Урысей Федерацэм щыпсэу лъэпкъ куэдым я унагъуэ зэкъуэтым хэту тегушхуауэ гъащIэщIэр яухуэ. Дыщалъхуа Къэбэрдей-Балъкъэрым исхэм, дунейм адыгэу тетым мы махуэм сохъуэхъу мамырыгъэ, фIыгъуэ, ефIэкIуэныгъэ яIэну.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27828.txt" }
«Адыгэ псалъэ», «Адыгэ макъ», «Черкес хэку», «Нарт», «Хасэ» газетхэм зэгъусэу къыдагъэкI зи чэзу номер зэхэтыр зытеухуар адыгэхэм я тхыдэм куууэ къыхэна, илъэсищэм щIигъукIэ екIуэкIа Кавказ зауэжьырщ. Абы лъэпкъым къыхуихьа нэщхъеягъуэмрэ гукъутэмрэ зэи къэIуэта хъунукъым, утетхыхь пэтми пхуэухынукъым. Нобэрей къыдэкIыгъуэм фыкъыщеджэ лъапсэрыхыр къызыхуагъакIуэ лъэпкъым хэлъа хахуагъэмрэ ирагъэкIуэкIа бэнэныгъэмрэ теухуауэ тхыдэм къыхэна хъыбархэм.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27829.txt" }
Премьер-лигэр къахукъуоплъ «Спартак-Налшык» (Налшык) — «Балтика» (Калининград) — 2:0 (2:0). Налшык. «Спартак» стадион. Накъыкъэм и 19-м. ЦIыху 5250-рэ еплъащ. Судьяхэр: Еськов (Мэзкуу), Гаврилин (Владимир), Богач (Люберцы). «Спартак-Налшык»: Коченков, Джудович, Засеев, Овсиенкэ, Багаев, Коронов (Буйтрагэ, 89), Концедалов, Чеботару (Зинович, 86), Медведев (Абазэ, 90), Аверьянов (Гуэщокъуэ, 77), Сирадзе. «Балтика»: Шелия, Васильев, Зимулькэ, Плопэ, Сысуев, Стоцкий, Чиркин, Зюзинс (Гацко, 8), Вотинов, Вишняковс, Скавыш (Сальников, 79). Топхэр дигъэкIащ: Аверьяновым, 8 (1:0). Аверьяновым, 44 (2:0). Дагъуэ хуащIащ: Сысуевымрэ Васильевымрэ. «Спартак-Налшыкыр» ебгъэрыкIуэ зэпытт. Апхуэдиз цIыху куэд щIауэ Налшык и «Спартак» стадионым къекIуэлIэжатэкъым. Псом япэрауэ, ар къыхэкIащ мы зэIущIэм мыхьэнэшхуэ зэриIэм. КъищынэмыщIауэ, сэбэп хъуащ стадионым пщIэншэу топджэгум дихьэххэр зэрырагъэхьамрэ телевиденэм джэгур къызэримыгъэлъэгъуэфамрэ. Мыгъэрей зэIущIэхэм ящыщу мы зыращ дунейр къызэIымыхьауэ ирихьэлIар икIи абы куэдым я гукъыдэжыр къиIэтри, «Спартак-Налшыкымрэ» «Балтика»-мрэ хэт премьер-лигэм щIэбэныну нэхъ хуэфащэми щызэхагъэкI зэпэщIэувэныгъэр я нэкIэ зрагъалъагъуну цIыху минитхум щIигъу къекIуэлIащ. Мыбы ирихьэлIэу Хабаровск щыIа джэгугъуэр иухат. Абы ди ныкъуэкъуэгъухэм ящыщ «СКА-Энергия»-р «Уфа»-м щытекIуэфатэкъым. Абы къикIырт иджы «Балтика»-р хигъащIэмэ, «Спартак-Налшыкым», щэбэт къакIуэ Башкортастаным къыщыпэщылъ иужьрей зэIущIэм кърикIуэм емылъытауэ, ещанэ увыпIэр къызэрихьыр. КъищынэмыщIауэ, хабаровскдэсхэми я сэбэп екIынут, абыхэм якIэлъеIэ калининградэсхэр къыпагъэхунурэ. Джэгум зэрыщIидзэу псори наIуэ къэхъуащ. Налшыкдэсхэм ар ирагъэжьащ мы зэIущIэм куэд дыдэ зэрелъытар къагурыIуэрэ езыхэм къалъысыр зыми зэрырамытынур къагъэлъагъуэу. Ар ирыщIагъэбыдэжащ псынщIэу бжыгъэр къызэрызэIуахамкIэ. Еянэ дакъикъэм Короновыр ижьырабгъумкIэ хьэщIэхэм я гъуэм бгъэдыхьащ, къыпэщIэува гъуащхьэтетищыр Iэзэу къызэринэкIри. НапIэзыпIэм абы топыр Аверьяновым хуигъэжащ икIи мыдрейм «Балтика»-м и гъуащхьэтет Шелия зы гугъапIи къыхуигъэнакъым. ПсынщIэу япэ зэрищам налшыкдэсхэр нэхъри тригъэгушхуащ. Ахэр зыубыдыфын зы къаруи иджы щымыIэу къыпщыхъурт: ящIэ псори хъурт, Iэзэуи гъуэм еуэрт. Уеблэмэ ди гъуащхьэхъумэхэри ипэкIэ кIуатэрт. Апхуэдэу Засеев Аслъэн лъэщу зэуа топым хьэщIэхэм я гъуащхьэтетыр ерагъыу пэлъэщауэ аращ. КъыкIэлъыкIуэу Сирадзе Давид, Медведев Алексей, Коронов Игорь сымэ Iэмал гъуэзэджэхэр яIащ. АрщхьэкIэ бжыгъэр зыгъэбэгъуар Аверьяновырщ. Багаевыр лъэщу зэуа топыр къыхуэмыубыду Шелия къигъэлъеижащ икIи абы япэу нэса Алексей хьэщIэхэм ящысхьакъым — 2:0. Ар къыщыхъуар джэгум и япэ Iыхьэр и кIэм нэсыпауэщ. Загъэпсэхуу къихьэжа иужькIэ, «Балтика»-р нэхъ «къэбэдзэуэжащ». АдэкIэ икIуэт зэрамыIэр ящIэу абы и футболистхэр ебгъэрыкIуащ. ИкIи мызэ-мытIэу топ дагъэкIыфыну щытащ. АрщхьэкIэ ди гъуащхьэтетымрэ гъуащхьэхъумэхэмрэ яIэщIэкIыфакъым. Уеблэмэ, «Спартак-Налшыкым» бжыгъэр ирагъэгъэбэгъуат, ауэ Медведевым дигъэкIа топыр судьям хибжакъым. Апхуэдэ бжыгъэми ди футболистхэри стадионым къыщызэхуэсахэри нэсу арэзы ящIырт — къалэн нэхъыщхьэр гъэзэщIа хъуат. АдэкIэ премьер-лигэм зэрыщIэбэныну гъуэгур къызэIухащ. Хуейуэ къалъытэрэ трагъэкIуэдэн мылъкушхуэ яIэмэ, ари зрагъэхъулIэфынущ. Стадионым куэд къекIуэлIат. «Спартак-Налшыкымрэ» «Балтика»-мрэ я зэIущIэм кърихьэлIат Футбол Лъэпкъ Лигэм (япэ дивизионым) и президент Ефремов Игорь. Абы хуэфэщэн пщIэ лъагэ ди командэм и джэгукIэм хуищIащ икIи къалэнышхуэхэр зэрыхуэгъэзэщIэнур къыхигъэщащ. Аращи, мыгъэрей зэхьэзэхуэм ипкъ иткIэ, япэ дивизионым хэкIри премьер-лигэм кIуакIэщ Свердлов областым и «Урал»-мрэ Томск и «Томь»-мрэ. Абы щIэбэныну Iэмал ягъуэтащ накъыгъэм и 30-мрэ мэкъуауэгъуэм и 4-мрэ мыхьэнэшхуэ зиIэ джэгугъуитI къызыпэплъэ «Спартак-Налшыкымрэ» «СКА-Энергия»-мрэ. Абы хьэрхуэрэгъу къащыхуэхъунущ премьер-лигэм щекIуэкI зэпеуэм епщыкIущанэ-епщыкIуплIанэ увыпIэхэр къыщызыхь командэхэр. Новгород Ищхъэрэ и «Волга»-р, Пермь и «Амкар»-р, Самарэ и «Крылья Советов»-р, Дон Iус Ростов и «Ростов»-р ныкъуэкъуэгъухэм ящыщ зыуэ къыщIэкIыфынущ. Ахэр хагъэщIэфмэ, къэралым футболымкIэ и гуп нэхъыщхьэм кIуэнущ. Япэ дивизионым хагъэкIыу етIуанэм ирагъэхынухэр нэхъ зэхэгъэкIыгъуей хъуащ. Астрахань и «Волгарь»-м гъусэ хуэхъуфынущ Новокузнецк и «Металлург-Кузбасс»-р е Мэзкуу областым и «Химки»-р. Ар наIуэ щыхъунур дызыхуэкIуэ щэбэтырщ. Иджы фащыдгъэгъуэзэнщ япэ дивизионым хэт адрей командэхэм иужьу ирагъэкIуэкIа зэIущIэхэм къарикIуа бжыгъэхэм. Мис ахэр: «Урал» (Свердлов область) — «Шинник» (Ярославль) — 0:0, «Балтика» (Калининград) — «Нефтехимик» (Нижнекамск) — 2:2, «СКА-Энергия» (Хабаровск) — «Уфа» (Уфа) — 0:0, «Торпедо» (Мэзкуу) — «Химки» (Мэзкуу область) — 1:1, «Волгарь» (Астрахань) — «Сибирь» (Новосибирск) — 1:0, «Салют» (Белгород) — «Томь» (Томск) — 0:1, «Петротрест» (Санкт-Петербург) 1 «Ротор» (Волгоград) —1:0. Урысей Федерацэм футболымкIэ и япэ дивизионым 2012 — 2013 гъэхэм щекIуэкI зэхьэзэхуэр накъыгъэм и 25-м иухынущ. А махуэм «Спартак-Налшыкыр» Башкортастаным и къалащхьэм «Уфа»-м щыдэджэгунущ. Къызэрыхэдгъэщащи, а зэIущIэм ди щIалэхэм я дежкIэ зы мыхьэнэи иIэжкъым икIи премьер-лигэм и командэхэм ящыщ зым зэрыхуэзэнум темыплъэкъукIыу зыхуагъэхьэзыр хъунущ. Жыласэ Заурбэч. ЗэIущIэ нэужьым Перевертайлэ Евгений, «Балтика»-м и тренер нэхъыщхьэ: Налшыкдэсхэм сохъуэхъу — ЗыкIи зэтемыхуэ таймитI нобэ едгъэкIуэкIащ. Япэ Iыхьэм ди щIалэхэр зыгъэсэныгъэ пэлъытэу къихьащ. Загъэпсэхуа иужькIэ ягу къэдгъэкIыжащ хьэрхуэрэгъу лъэщым зэрыпэщIэтыр икIи апхуэдэу ирагъэкIуэкIмэ фIы зэрыщIамыхынур. «Спартак-Налшыкым» мы зэIущIэм и мыхьэнэр фIы дыдэу къыгурыIуэрт икIи зэфIэкI лъагэ къигъэлъэгъуащ. Дэ апхуэдэ бэнэныгъэхэм иджыри дыхуэхьэзыркъым. Налшыкдэсхэм сохъуэхъу мыгъэрей зэхьэзэхуэм увыпIэфI къызэрыщахьамкIэ икIи ди гуапэщ премьер-лигэм ягъэзэжыну — ар абыхэм яхуэфащэу къыдолъытэ. — ТекIуэныгъэ къэфхьын фи мураду Налшык фыкъэкIуат? — ЗэрыхъукIэ нэхъыфIу зыкъэдгъэлъэгъуэну ди мурадащ. Шыпш Тимур, «Спартак-Налшыкым» и тренер нэхъыщхьэ: Хэт къытхуэзэми, тлъэкI къэдгъэнэнукъым — Нобэ къыддэщIыну стадионым къекIуэлIа псоми фIыщIэ ин яхуэсщIыну сыхуейщ — ахэр хуабжьу къыддэIэпыкъуащ. ФIыщIэ яхуэфащэщ яжетIа псори дагъуэншэу зыгъэзэщIа ди щIалэхэми. Мы гъэм япэу апхуэдэу нэсу арэзы дыкъащIауэ аращ. — ЗэпэщIэуэ зэIущIэхэм премьер-лигэм щыщу дэтхэнэ командэм фыщыхуэзэмэ нэхъ къафщтэрэ? — Абы ущIыхэдэн щыIэкъым. Хэт къытхуэзэми, тлъэкI къэдмыгъанэу деныкъуэкъунущ. — «Спартак-Налшыкым» ещанэ увыпIэр къихьакIэщ. Зыри къызэрымыкIыж иужь джэгугъуэм хувиIэ мурадыр сыт? Ди щIалэхэм ящыщу зыгуэрхэм зевгъэгъэпсэхуну? — Зызыгъэпсэхун хуейхэри диIэщ. АрщхьэкIэ апхуэдэ Iэмал еттмэ, абыхэм я Iэпкълъэпкъыр зэщIэнэнкIэ, адрейхэм я джэгукIэм дэмыхъужынкIэ хъунущ. Аращи, Уфа хэт здэтшэнуми быдэу дегупсысынущ. Хьэтау Ислъам.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27833.txt" }
УФ-м и президентым и саугъэтхэр ялъысащ Гемидов Гемид и цIэр зэрихьэу Хасавюрт дэт Спорт уардэунэм щекIуэкIащ дзюдомкIэ дунейпсо турнир, Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир и саугъэтыр къэхьыным теухуауэ. Я хьэлъагъ елъытауэ гупиплIу гуэшауэ екIуэкIа зэхьэзэхуэм хэтащ спортсмен 220-рэ къызэщIэзыубыдэ командэ 22-рэ, хамэ къэралхэм я командэ къыхэха 11-ри яхыхьэу. Турнирым кърихьэлIащ спортым и дунейпсо класс зиIэ мастерхэр, къэрал чемпионхэр, Европэм, Азием, дуней псом и чемпионатхэм хэтахэр. Зэпеуэм щыIащ Кавказ Ищхъэрэм и командэ зыбжанэ. КъБР-м спортсмен 13 зыхэт гуп икIати, 5-м ехъулIэныгъэхэр зыIэрагъэхьащ. Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта зэпеуэхэм япэ увыпIэр къыщахьащ Бабыгуей Олег, Щад Мурат, УнэшхуэлI Аслъэн сымэ. ГъущIапщэ Самир етIуанэ, Бырсекъуэ Ислъам ещанэ увыпIэхэр къаIэрыхьащ. Тау Азэмэт етхуанэ хъуащ. ЕхъулIэныгъэхэр зыIэрызыгъэхьа ди спортсменхэр я гъэсэнщ тренерхэу Емкъуж Мухьэмэд, Чым Руслан, Иванов Дмитрий сымэ. Турнирым саугъэт фонд ин иIащ. Япэ увыпIэ къэзыхьахэм сом мини 100, етIуанэ хъуахэм — сом мин 50, ещанэхэм — сом мин 30 иратащ. Гъэунэ Светланэ, КъБР-м Спортымрэ туризмэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27838.txt" }
Бэрокъуэ Ахьмэд Хьэрэбий и къуэр УФ-м Социальнэ страхованэмкIэ и фондым и щIыналъэ къудамэу КъБР-м щыIэм гущIыхьэ щыхъуауэ хъыбар фегъащIэ мы IуэхущIапIэм и унафэщI Бэрокъуэ Ахьмэд Хьэрэбий и къуэр зэрылIамкIэ. И ныбжьыр илъэс 61-м ихьауэ зэуэзэпсэу дунейм ехыжащ зэфIэкIрэ щIэныгъэрэ зыбгъэдэлъа, ди республикэм, абы щыпсэухэм папщIэ куэд зэфIэзыгъэкIа унафэщIыр. Ар Къэбэрдей-Балъкъэрым иджырей социальнэ IэнатIэ зэпэщ щызэтезыгъэувахэм яхэтащ икIи а Iуэхум илъэс 30-м щIигъукIэ елэжьащ. Къэралым и сэбэп зыхэлъхэр къилъытэу, жэуаплыныгъэ нэс зыхищIэу зэрылажьэм къыхэкIыу, абы зыпэрыт IэнатIэм ехъулIэныгъэ инхэр къыщихьащ. Емызэшыжу Бэрокъуэ Ахьмэд зэрылэжьам къэралми Урысей Федерацэм Социальнэ страхованэмкIэ и фондми пщIэшхуэ хуащIащ. Ар КъБР-м и цIыхухэм социальнэ дэIэпыкъуныгъэ етынымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэт. Апхуэдэу Бэрокъуэм къратащ УФ-м Социальнэ страхованэмкIэ и фондым и ЩIыхь тхылъыр, «Къэрал социальнэ страхованэм и IэнатIэм щиIэ фIыщIэм папщIэ» УФ-м Социальнэ стра-хованэмкIэ и фондым и бгъэхэIу дамыгъэр. Абы зи IэщIагъэм хуэIэкIуэлъакIуэ лэжьакIуэ гуп лъэщ зэщIигъэуIуэфащ икIи абыхэм я деж пщIэшхуэ щиIащ. ЦIыху зэIухауэ, нэмыс хэлъу зэрыщытым къыхэкIыу, ар и лэжьэгъухэми IуэхукIэ къыбгъэдыхьэхэми фIыуэ къалъагъурт. Бэрокъуэ Ахьмэд и къарукIи IэщIагъэкIи зэфIэкIышхуэ бгъэдэлът. Къэрал IуэхущIапIэм — Урысей Федерацэм Социальнэ страхованэмкIэ и фондым и щIыналъэ IуэхущIапIэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щылажьэхэр абы и Iыхьлыхэмрэ и благъэхэмрэ яхуогузавэ. Бэрокъуэ Ахьмэд Хьэрэбий и къуэр дэ зэи тщыгъупщэнкъым.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27841.txt" }
КъехьэкI-нехьэкI хэлъкъым Иджыблагъэ Варшавэ щызэIущIащ Урысейм, Польшэм, Германием нэгъуэщI къэрал IуэхухэмкIэ я министрхэр. СыхьэтитIкIэ зэпсэлъа иужь, дипломатхэм журналистхэм жраIащ зэIущIэм кърикIуахэмкIэ зэрыарэзыр. Пэжщ, щIагъужащ зэрызэгурымыIуэ Iуэхухэр иджыри зэрыщыIэр. АрщхьэкIэ ахэр къалъытакъым я зэхущытыкIэхэр зылъахъэу. Мыпхуэдэ зэIущIэхэр министрищым иджы ещанэу ирагъэкIуэкI. Япэу 2011 гъэм и накъыгъэм Калининград щызэхуэзащ. ЕтIуанэр 2012 гъэм и гъатхэпэм Берлин щыIащ. Лъэныкъуэхэр зэгурыIуащ еплIанэ мыпхуэдэ зэхыхьэр Санкт-Петербург къыщызэрагъэпэщыну. «Мыпхуэдэ зэIущIэхэр сэбэпышхуэ мэхъу», — жиIащ Польшэм нэгъуэщI къэрал IуэхухэмкIэ и министр Сикорский Радослав. «Ахэр хуабжьу, хэбгъэзыхьмэ, егъэлеяуэ щхьэпэщ», — арэзы техъуащ Урысей министр Лавров Сергей. Мыпхуэдэ зэпсэлъэныгъэхэр, шэч хэмылъу, Урысеймрэ Евросоюзымрэ я цIыхухэр визэншэу зэкIэлъыкIуэнымкIэ зэгурыIуэным щIэгъэкъуэн хуэхъунущ. АрщхьэкIэ Варшавэ къыщагъэлъэгъуакъым апхуэдэ зэгурыIуэныгъэ щызэращIылIэну пIалъэ гуэри. Къыщыхагъэща къудейщ Урысейм къыхуагъэувауэ щыта шенген визэхэр ягъэкIуэдыжыным зэрыхуэкIуэр. Дипломатхэм къащыгъупщакъым зэхудэчыхыным хуэгъэза Iэмалхэр къызэрагъуэтыфымкIэ зыщытхъуэжыни. Министрхэм къаIэтырт упщIэ гугъухэр. Псом хуэмыду щхьэтечу тепсэлъыхьахэщ Сирием. Зэхыхьэм и пэкIэ ду- нейпсо СМИ-хэм ягъэIуат Москва Сирием С-300 Iэщэ лIэужьыгъуэхэр иритыну и мураду. КъухьэпIэм и къэрал куэдым щIауфэртэкъым ар игъуэджэу къызэралъытэр. ИтIанэ цIыху зэрымыс кхъухьлъатэхэр Сирием и бийуэ къагъэсэбэпыжыфынутэкъым. Фигу къэдгъэкIыжынщи, НАТО-м Ливием апхуэдэ кхъухьлъатэхэр къыщигъэсэбэпурэ зыкъэзыIэтахэм дэIэпыкъуауэ щытащ Каддафи Муамар традзынымкIэ. Варшавэ щызэпсэлъа иужь, нэмыцэ журналистыр Лавров Сергей нахуэу къеупщIащ: Урысейм Сирием С-300-р иритыну? Министрым и жэуапыр мыпхуэдащ: «Урысейм абы апхуэдэ Iэщэ зэрыритри Iэщэ ирищэнымкIэ зэгурыIуэныгъэхэм Iэ зэрытридзэри куэд щIакIэщ. А зэгурыIуэныгъэхэм япкъ иткIэ, Iэщэ хуиутIыпщынри и кIэм негъэблагъэ. Мы Iуэхум дунейпсо хабзэ гуэри къызэпиудыркъым. Ар зэрызахъумэж Iэщэщ. Мыбдежым зыщыхуэгъазари Сирием езым и уэгур ихъумэжынырщ». «Мыр дыщIызэныкъуэкъуа Iуэхухэм ящыщ зыщ, — пищащ ФРГ-м нэгъуэщI къэрал IуэхухэмкIэ и министр Вестервелле Гидо. — Дэ, нэмыцэхэм, къыдолъытэ Сирием сыт хуэдэ Iэщи иратын хуэмейуэ. Абы мыхьэнэшхуэ иIэщ Iуэхухэр политикэ IэмалхэмкIэ зэтес ящIыжын папщIэ». Пэжщ, Берлин ЕС-м щыпхигъэкIыркъым Сирием зыкъыщызыIэтахэм Iэщэ яхуэутIыпщыным теухуа зы унафи. АрщхьэкIэ Сирием и правительствэм пэщIэувахэм, «Аль-Каидэм» щыщхэри мымащIэу яхэту, ар зэран яхуэхъуркъым ещанэ къэралхэмкIэ, псалъэм и хьэтыркIэ, ТыркумкIэ, НАТО-м и Iэщэхэр яIэрыхьэным. Сирием и гъунапкъэм и гъунэгъуу Тыркум и щIыналъэм «Пэтриот» Iэщэр зэрыщагъэуври къэлъытэн хуейщ. ВОРОБЬЕВ Владислав. «Российская газета
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27844.txt" }
Пщэдей Славян тхыбзэмрэ щэнхабзэмрэ я махуэщ
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27847.txt" }
ЦIыху мин 12-м щIигъум я лэжьыгъэр Дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэным и илъэсым хиубыдэу Бахъсэн районым накъыгъэм и 18-м щрагъэкIуэкIа щэбэт щIыхьэхум къуажэдэс мин 12-м щIигъу хэтащ. Къуажэ жылагъуэхэр гъэкъэбзэным елэжьащ районым и организацэ, IуэхущIапIэ псори. А махуэм пхъэнкIиймрэ кIэрыхубжьэрыхухэмрэ щызэщIакъуащ гектар 68-м. Щэбэт щIыхьэхум хэтахэм къызэралъытэмкIэ, къабзэлъабзагъэр ди зыужьыныгъэм и мызакъуэу, ди зэхэщIыкIми куэдкIэ елъытащ. Абы къыхэкIыу мыпхуэдэ экологие лэжьыгъэхэр нэхъыбэрэ егъэкIуэкIын хуейщ. Алокъуэ Аринэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27850.txt" }
Сабий садхэр иджы нэхъ псынщIэу къалъос Республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен район, къалэ унафэщI псоми яхуигъэувауэ щытащ зи школ кIуэгъуэ мыхъуа сабийхэр садхэм кIуэн папщIэ зыхуеину Iуэхухэр зэфIагъэкIыну. Аруан районым а къалэныр дэгъэкIыным фIыуэ егупсысауэ щыбгъэдыхьащ. Псалъэм папщIэ, пэщIэдзэ школхэм-сабий садхэм щагъэмащIэу щIадзащ пэщIэдзэ классхэм щIэсу ирагъаджэхэм я бжыгъэр. Ахэр Нарткъалэ и школхэм щIагъэтIысхьэри, абы и хьэкъкIэ зи школ кIуэгъуэ мыхъуауэ садхэм къащтэхэм я бжыгъэм хагъахъуэ. Абы къыдэкIуэу, Аруан районым егъэджэныгъэмкIэ и управленэм и унафэщI Жэмыхъуэ Сэрэждин зэрыжиIамкIэ, «Налмэс» IуэхущIапIэр зэгъэпэщыжын яухмэ, абыи зи школ кIуэгъуэ мыхъуахэм ящыщу сабийуэ 100 екIуэлIэнущ. Район администрацэм медицинэ дэIэпыкъуэгъу псынщIэм и станцыщIэ зэращIын ахъшэ къыхуиутIыпщыну КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм елъэIуащ. А Iуэхур зэфIэкIмэ, иджыпсту дэIэпыкъуэгъу псынщIэм къигъэсэбэп унэр (ари зэгуэр сабий саду щытащ) цIыкIухэм иратыжынущ. А щIыкIэм тету, сабий садхэр зэрызэпэубыдар гъэ еджэгъуэщIэм ирихьэлIэу нэрылъагъуу ягъэмэщIэнущ. Сокъур Риммэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27852.txt" }
Шэху уэздыгъи 101-рэ Урыс-Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 149-рэ зэрырикъум иращIэкIа дауэдапщэхэр накъыгъэм и 20-м и пщыхьэщхьэм щIидзащ. Хуитыныгъэм и хадэм ит ГъащIэ жыгым и деж щекIуэкIащ зэпэ-щIэувэныгъэ дыджым ихьа ди лъэпкъэгъухэр ягу къыщагъэкIыж пшыхь. ЕдзыгъуитIу зэхэгъэщхьэхукIа Iуэхугъуэм кърихьэлIащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Хьэсанэ Руслан, цIыхубэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэм ядэлэжьэнымкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэ адыгэ (шэрджэс) жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я ЗэзыгъэуIу советым и унафэщI Къалмыкъ Жылэбий, пэкIур зэхэшэным зи гуащIэ хэзылъхьахэр, нэгъуэщIхэри. Зэхыхьэр къызэIуахащ КъБР-м и артист Тэмазэ Лиуан къызэджа Германием и къалащхьэ Берлин дэс Дэгумыкъуэ Орхьэн и «АдыгэщI» усэмкIэ. КъыкIэлъыкIуэу утыкум къихьащ Бахъсэн куейм ЩэнхабзэмкIэ и унэм щызэхэт, Жылау Арсен зи пашэ «Кавказ» уэрэджыIакIуэ гупыр. Къыхэгъэщыпхъэщ, абы игъэзэщIа уэрэдыжьхэм мы пщыхьэщхьэм и япэ Iыхьэр икъукIэ зэригъэдэхар. Пшыхьым къыщыIу уэрэдхэмрэ усэхэмрэ, ГъащIэ жыгым деж щызэхуэсахэм я мызакъуэу, зэрымыщIэкIэ а щIыпIэм блэкI цIыхухэми зэрызэхахым уегупсыса иужькIэ, адыгэ лъэпкъым теухуауэ гуш- хуэныгъэу уиIэм нэхъри зыкъиIэтырт. Зи хэку зыбгынахэм я псэм телъа хьэзабым теухуа «Iуащхьэмахуэ» уэрэдыр абдежым щигъэзэщIащ УФ-м щIыхь зиIэ и артист Тэшло Алий. Тыркум щыпсэу, адыгэ Iуэхум хуэжыджэр, цIыху гуащIафIэ, уэрэдус-уэрэджыIакIуэ Къущхьэ Догъэн блэкIа лIэщIыгъуэм и 90 гъэхэм Хэкужьым кърихьэжауэ щыта уэрэдыр жаIащ Хьэмдэхъу Эльвирэ зи пашэ «ДжэгуакIуэ» гупым. Илъэс 20 и пэкIэ Сирием къиIэпхъукIыжахэм ящыщщ зи ныбжьыр илъэс 70-м щхьэдэха Балъкъэр Умар. Ар езым иусыжа «Лъэпкъ хэкужьым сихуэжатэм» усэм къеджащ. «Си лъэр зекIуэу, лъэпкъ хэкужьым сихуэжатэм, си нэбжьыцхэр си жыхапхъэу и щIы гъунэр къэспхъэнкIынт» псалъэхэр щызэхэпхкIэ, усакIуэм Хэкум хуиIэ гу щабагъэр зэхыумыщIэнкIэ Iэмал иIэтэкъым. Зэхыхьэм къекIуэлIахэм я пащхьэ «Шэджэм псыкъелъэхэр» гупым уэрэдыжь зыбжанэ щагъэзэщIащ. Удэзыхьэхт шыкIэпшынауэ Iэзэ, и адэшхуэ ХьэхъупащIэ Хьэсэн и адэж ХьэхъупащIэ Амырхъан и цIи, и унэцIи зезыхьэ щIалэм и джэгукIэри. Абы иIыгъ Iэмэпсымэм езыр дежьуужурэ къригъэкIащ, «НэкIуэж щэбэтым къуажэм» уэрэдыр. Къыхэгъэщыпхъэщ, пшыхьыр зэкIэлъыгъэкIуауэ, дахэу зэрекIуэкIар. Зэманыр кIуэтэху, ягъэзащIэ уэрэдхэм уатезэшэн дэнэ къэна, абыхэм къапкърыкI щIэщыгъуагъэм кIуэ пэтми зэрыхэхъуэм гу лъыптэрт. Апхуэдэт усэу къызэ-джэхэри, ахэр къызэхуэсахэм я псэм нэзыгъэсыну хущIэкъухэри. Псалъэм папщIэ, удимыхьэхын сыткIэ плъэкIынт Тыркум къикIауэ ди республикэм щыIэ Жэмбэч Ахьмэд Бещтокъуэ Хьэбас и «Адыгэ уситIым» къызэреджам. ЩIэх-щIэхыурэ утыку къихьэ «Кавказ» гупым игъэзащIэ уэрэдыжьхэм я IукIэри кIуэтэху нэхъри зызыузэщIхэм ящыщт. Псом хуэмыдэу, макъ дахэкIэ уэрэдым щIэлъ псалъэхэр лъэщу къэзыIуэтэф, зи гугъу тщIы гупым сыт и лъэныкъуэкIи къахэлыдыкI, Жанхъуэтекъуэ къуажэм щыщ БатIитI Мухьэмэд и уэрэд къыхэдзэкIэм димыхьэха пэкIум къекIуэлIахэм яхэтакъым. Уэрэдуи, усэуи пшыхьым щыжаIахэм купщIэ куу зыщIэмылъ зыри къахэкIакъым. Псори зэзышэлIэж гупсысэр къозыгъэлъыхъуэт Къэрэшей-Шэрджэсым хиубыдэ Хьэгъундыкъуей къуажэм дэса, цIыху щэджащэ, адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэу а жылэм щылэжьа, усакIуэ цIэрыIуэ Бемырзэ Мухьэдин «Адыгэу нобэ ущытыну гугъущ» и IэдакъэщIэкIри. Абы Iэзагъэ ин хэлъу къеджащ Налшык дэт педагогикэ лицейм щIэс Къагъырмэс ФатIимэ. Пшыхьым и япэ Iыхьэр гукъинэжу екIуэкIащ. Абы и кIэм, ГъуазджэмкIэ институтыр къэзуха, адыгэ фащэ екIукIэ зэщыхуэпыкIа Бекъул Аслъэн жиIа уэрэдым и IукIэм Хуитыныгъэм и хадэм ит цIыху псори апхуэдизкIэ зыIэпишати, абдежым щызэхэтхэр зэщIэдымам хуэдэт. Зэхуэсым и етIуанэ Iыхьэм Псэм и Жыгым и дэкIуеипIэхэм «Илъэс 250-рэ» псалъэхэр къикIыу тра-гъэува шэху уэздыгъэхэр пагъэнащ. Пшапэ зэхэуэгъуэм а Iуэхугъуэм, зэрыжаIэу, цIыкIуи ини, хъулъхугъи, бзылъхугъи, къулыкъущIи, цIыху къызэрыгуэкIи» хэтащ. А пщыхьэщхьэм къекIуэлIахэм «Гу къабзэхэр» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и жэрдэмкIэ ягъэхьэзыра жьэрымэр хуагуэшащ. КIуэ пэтми нэхъыбэ хъуурэ, ихъуреягъкIэ зэщIагъэлыдэ мафIэ цIу цIыкIухэр телъыджэт… ПэкIур иуха иужькIи къызэхуэсахэр, зэбгрыкIыжыну емыпIэщIэкIыу ГъащIэ жыгым и деж иджыри куэдрэ щызэхэтащ. КЪУМАХУЭ Аслъэн. Сурэтхэр Елъкъэн Артур ейщ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27854.txt" }
ЗылI и быну фызэкъуэт, адыгэхэ! Накъыгъэм и 21-м и дыгъэпс пщэдджыжьым Налшык и хьэблэ зэмылIэужьыгъуэхэм щIалэгъуалэр къыдэкIырт адыгэ фащэхэр ящыгъыу, лъэпкъ бэракъхэр яIыгъыу. Ди республикэм и къуажэхэмрэ къалэхэмрэ къикIахэри абыхэм къахыхьэжри, блэкIамрэ къэкIуэнумрэ зэрагъапщэу, я адэжьхэм я лIыхъужьыгъэм я щхьэр лъагэу яригъэлъагъужу, ауэ щыхъукIи я лъэпкъэгъухэр пшахъуэм хуэдэу щIыпIэ куэдым изыпхъа зауэм и зэхэублакIуэхэм яхузэгуэпу Лениным, ЩоджэнцIыкIум я цIэхэр зезыхьэ уэрамхэм ирикIуащ. Апхуэдэ «зекIуэм» хэтыну яубзыхуар щIалэгъуалэр арами, абыхэм ящIыгъут адэ-анэхэр, дадэ, нанэхэр, сабийхэр, IуэхущIапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щылажьэ цIыху куэдыр. Зэрыса машинэхэр къагъанэри, гупышхуэр лъэсу яужь иуващ фащэ екIухэр зыщыгъ шууейхэм. ЩIэблэ зимыIэм къэкIуэн иIэкъым жыхуаIэрати, лъэсырыкIуэхэм яхь адыгэ бэракъ абрагъуэм ипэ итт адыгэ фащэкIэ зэщыхуэпыкIа сабий цIыкIухэр. Къэрал къулыкъущIэхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, щIалэгъуалэр, къуажэдэсхэр, цIыху куэд дыдэ къызрихьэлIа пэкIур Кавказ зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъ жыгым деж щызэхуэсащ. Лъэпкъым и гущIэм къиIукI макъ хуэдэ адыгэм зэи щымыгъупщэну зауаем теухуа усэхэр, гъыбзэхэр къэIурт. ПэщIэдзэм нэхъ гъунэгъу хуэхъуа нэужь, «Пшыналъэ» гупым макъамэ дахэр кърагъэкIыу Бэч Азэмэт уэрэдыжь жиIащ. Кавказ зауэ гуащIэм епха гурыщIэ псори къэзыIуатэ, лIэщIыгъуэхэм къапхыкIа уIэгъэм и дамыгъэ пэлъытэ «ИстамбылакIуэ» гъыбзэр игъэзэщIащ уэрэджыIакIуэ Хьэкъул Оксанэ. ПэкIум кърихьэлIащ КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен, Парламентымрэ Правительствэмрэ я унафэщIхэу Чеченов Ануаррэ Хьэсанэ Русланрэ, УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым КъБР-м и лIыкIуэу щыIэ Къэжэр Альберт, ДАХ-м, КъАХ-м я тхьэмадэхэу Сэхъурокъуэ Хьэутий, ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, ЦIыхум и хуитыныгъэр хъумэнымкIэ уполномоченнэу КъБР-м щыIэ Зумакулов Борис, депутатхэр, министрхэр, балъкъэр, урыс, журт жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я унафэщIхэр, дин лэжьакIуэхэр, Сирием, нэгъуэщI хамэ къэралхэм къикIыжауэ Налшык щыпсэухэр. Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 149-рэ зэрырикъум теухуа пэкIур къызэIуихащ КъБР-м хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэм ядэлэжьэнымкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин. Абы псалъэ иритащ ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий. Къанокъуэ Арсенрэ Чеченов Ануаррэ удз гъэгъахэр «ГъащIэ жыгым» деж яхь. — Иджыри зы илъэс блэкIри, дыкъыщызэхуэсащ гуауэшхуэ къытхуэзыхьа зауэжьым зи гъащIэр щIэзытахэм я фэеплъым деж, — жиIащ Сэхъурокъуэм. — Илъэси 101-кIэ екIуэкIа гущIэгъуншагъэм лъэпкъым и гъащIэр зэрыщыту зэтрикъутащ. 1864 гъэм накъыгъэм и 21-м иухауэ щытащ цIыху мелуанхэр зыхэкIуэда, адыгэ лъэпкъыр хамэ къэралхэм изыгуэша зауэр. Абы иужькIэ къэралым къыщыхъуа зэхъуэкIыныгъэхэмрэ зэпэщIэувэныгъэхэмрэ адыгэ лъэпкъыр къыпхыкIащ и IущагъкIэ, Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу адрей лъэпкъхэми хуэдэу, ди адэжьхэми гъуэгум и кIуапIэр къащIащ — ар Урысей Иным и дамэ щIэувэнырт. Нобэ дыкъыщIызэхуэса Iуэхушхуэм лъабжьэ хуэ- хъур зыщ — 18 — 19 лIэщIыгъуэхэм къэхъуа зэпэщIэувэныгъэм хуэфащэ увыпIэ етынырщ. Ауэ къэгъэлъэгъуапхъэщ: дэ Кавказ зауэм и тхыдэр щIэдджыр иджы псэу-хэм гужьгъэжь гуэрхэр яхудиIэн папщIэкъым, атIэ абы щыгъуэ зи хэкум щхьэкIэ зи щхьэр зыгъэтIылъа ди лъэпкъэгъухэм я фэеплъыр тхъумэнырщ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, иджыпсту къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм къыщекIуэкIхэмрэ абыхэм я Iэтащхьэхэм ягу илъхэмрэ нэхъ лъэщыжу дызэкъуэувэну дыкъыхураджэ. Иракым, Ливием, Сербием, Боснием къыщыхъуахэр, Сирием къыщылыда мафIэсым дагъэлъагъу псори дызэкъуэувэу Iейм дыпэщIэувэн зэрыхуейр. Сэхъурокъуэ Хьэутий Псом хуэмыдэу дэ дегъэгузавэ Сирием щекIуэкI зэпэщIэтыныгъэм, зыри зимылажьэхэр зауэм зэрыхэкIуадэм, псом хуэмыдэу дегъэгумэщI ди лъэпкъэгъухэр зэраукIым. Дэ тхузэфIэкI псори тщIэн хуейщ а зауэр къэдгъэувыIэн папщIэ, ар зи фейдэ къэралхэм я къарум дыпэщIэувэн щхьэкIэ. НобэкIэ долъагъу абы и лъэныкъуэкIэ ди къэралым ищIэ псори, УФ-м и Президент Путин Владимир я пашэу. Ауэ абы къыщымынэу, иджыри ди унафэщIхэм делъэIун хуейщ Сирием щыхэхэс ди къуэшхэр а къэралым псынщIэу къишынымкIэ. Сыхьэтыр 12-м щынэблагъэм, Сэхъурокъуэ Хьэутий и псалъэхэр зэпигъэури, къызэхуэсахэр къыхуриджащ Кавказ зауэм хэкIуэдахэм дуней псом зэуэ щыхуэщыгъуэ дакъикъэм щымыну. А дакъикъэм зэпищIэрт зэкъуэш республикищым, ди лъэпкъэгъухэр зэрыс къэрал пщIы бжыгъэхэм щыпсэу адыгэхэр. Фэеплъым и хъуреягъкIэ фащэ екIукIэ хуэпауэ щыт щIалэхэр, гъатхэ жьыбгъэм дэхуарзэ бэракъхэр, гъуом игъаджэ бжьамийм и макъым, цIыхухэм я нэгу кърих нэщхъеягъуэм псэм зыхригъащIэр къэIуэтэгъуейт. Зумакулов Борис Сэхъурокъуэ Хьэутий и псалъэхэм къыщыпищэм, къыхигъэщащ адыгэ зэрыс хэгъуэгухэм — Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгэ Республикэм — я унафэщIхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэр ящIыгъуу нобэ я Iэр къызэпекIуэкI псори зэращIэр. — Мы пэкIур къэзгъэсэбэпу, КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен фIыщIэ хуэсщIыну сыхуейщ Сирием къитшыж ди къуэшхэм гулъытэ хэха зэрыхуищIым, мылъкукIэ зэрызащIигъакъуэм, унэ къащэхунымкIэ зэрадэIэпыкъум папщIэ. Апхуэдэу къыхэзгъэщынущ КъБКъУ-р илъэс 45-рэ хъуауэ хамэ къэрал къикIа ди къуэшхэм я щIэблэр егъэджэным зэрегугъур. Дэтхэнэ зыми зыхузогъазэ фыкъызыхэкIа лъэпкъхэм ящыщу къэкIуэжхэр гулъытэншэ фымыщIыну, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, удын тIуа- щIэу абыхэм къатехуар къуэшгумащIагъэм фIэкI зыми хуэгъэхъужынукъым, — къыхигъэщащ Хьэутий. Пэжым нэхъ ерыщу хущIэкъуу сыт зэмани къэхъу щIэблэм защыхуигъазэм, ДАХ-м и тхьэмадэр къытеувыIащ Интернетыр къагъэсэбэпурэ дуней псом къыщыхъур зэзыгъащIэ, зэрыщIэ щIалэгъуалэр бзэр, хабзэр хъумэным хущIэкъун зэрыхуейр, зэтеубыдауэ, шыIэныгъэ яхэлъу, къэрал хабзэм къызэрезэгъым хуэдэу лъэпкъ Iуэхур ягъэкIуэтэныр нэхъ къызэрезэгъыр къагурыIуэну. И псалъэхэм я кIэухыу тхьэмадэм игъэбелджылащ щыгъуэ махуэм нэмыщI, гуфIэгъуэ махуи адыгэхэм яIэн зэрыхуейр. ИкIи къызэхуэсахэр щигъэгъуэзащ дунейм адыгэу тетым я махуэ ягъэувыну ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым и зэхыхьэм иджыблагъэ къызэрыхалъхьар. «Дэ дызыхуейр щIалэгъуалэм ди адэжьхэм я къарур зыхащIэу, абыхэм яхуэфащэу, я щхьэр Iэтауэ гушхуэу псэунырщ, абыкIэ сэбэп хъуну къысщохъу апхуэдэ махуэр!» — щIигъуащ Сэхъурокъуэм. ЦIыхухэм я хуитыныгъэр хъумэнымкIэ уполномоченнэу КъБР-м щыIэ Зумакулов Борис къыхигъэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалэ, район псоми ис балъкъэрхэри, урысхэри, ди лъахэм щыпсэу адрей лъэпкъхэри я къуэш адыгэхэм я гъусэу Кавказ зауэм хэкIуэдахэм зэрахуэщыгъуэр. — Пэжщ, Кавказ зауэр гуащIэу, кIыхьу екIуэкIащ, — пищащ абы. — Ар хуабжьу ткIийуэ къеуащ кавказ лъэпкъхэм, ауэ удын нэхъ хьэлъэр зытехуар адыгэхэращ. Лъапсэрыхыр къызыхуагъэкIуа лъэпкъым щыщу зи хэку къинэжахэр гъащIэм пэщIэувакъым, я гур фIыцIэ хъуакъым, атIэ, я бгыр щIакъузэри, щIыр явэу, гъавэ хасэу, сабийхэр япIу, я псэкупсэ къулеягъыр яхъумэу нобэм къэсащ. Хуей щыхъум, ахэр я къэралым къыщхьэщыжащ, Совет Союзыр яхъумащ. Дэ дощIэ урыс-япон зауэм (1904 — 1905), япэрей дунейпсо зауэм, Хэку зауэшхуэм лIыгъэшхуэхэр зэрахьэу ди къуэш адыгэхэр зэрыхэтар, щIыхьым и дамыгъэхэр къызэрахьар, СССР-м и ЛIыхъужь цIэр куэдым къызэрыфIащар. Кавказ зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъыр тщымыгъупщэу, дызэкъуэту дяпэкIи дыхуэлэжьэнущ ди къэралымрэ ди хэку цIыкIумрэ мамырыгъэрэ зэгурыIуэныгъэрэ илъыным. КъБР-м и муниципальнэ щIыналъэхэм я ассоциацэм и Iэтащхьэ Маслов Николай къыхигъэщащ илъэси 100-м щIигъукIэ екIуэкIа зауаем кавказ лъэпкъхэм я къуэ пэжхэм, урысхэм, къэзакъхэм ящыщхэм я гъащIэ мин бжыгъэхэр зэри-хьар. — Нобэ адыгэ лъэпкъыр мэщыгъуэ зи хэкур зыхъумэу хэкIуэдахэм папщIэ. ЛIэщIыгъуэхэр блэкIащ, ауэ а къэхъугъэр дигухэм къинащ, ди зэхуэдэ гуауэу, — жиIащ Масловым. — А гузэвэгъуэр адыгэхэм я дежкIэ нэхъ гуащIэжу зэрыщытам зыми шэч къытрихьэркъым, уеблэмэ, ар цIыхум игъэунэхуа гуIэгъуэхэм я нэхъ Iейщ. Дэтхэнэ цIыхуми и блэкIар ищIэжын, и тхыдэм хищIыкIын, мамырыгъэм щIэбэнын хуейщ, лъэпкъым папщIэ зи псэр зытахэм я фэеплъыр щымыгъупщэу. Ауэ блэкIам ухуеплъэкIыж защIэурэ упсэуныр захуэкъым, ипэкIэ уплъэн, убэкъуэн хуейщ, гъащIэр зэребгъэфIэкIуэным ухущIэкъуу. Ди адэжьхэм я псэр щыгуфIыкIынущ ди республикэм нэхъри зиужьмэ, зэгурыIуэныгъэрэ мамырыгъэрэ илъмэ, ди хэкуэгъу дэтхэнэми и гъащIэр ефIэкIуэн папщIэ, ди къару къихь псори длэжьмэ. А псори зи къалэныр иджыпсту псэухэращ. Гу лъумытэнкIэ Iэмал иIэкъым бгырыс лъэпкъхэм къалъыкъуэкI лIыгъэм. Я тхыдэм и напэкIуэцI фIыцIэхэм емылъытауэ, я хэкур зэрахъумам нэмыщI, зэгуэрым ятауэ щыта тхьэрыIуэм — «Урысейм дригъусэнущ» — хуэпэжщ адыгэхэр. Илъэс 250-рэ и пэкIэ къэхъуа, иджы тхыдэм хыхьа Iуэхугъуэм дерс къыхэтхын хуейуэ къызолъытэ, абы папщIэ дэ нэхъ лъэщ, нэхъ губзыгъэ дыхъун, шыIэныгъэ тхэлъын, упщIэ гугъухэр дызэчэнджэщурэ зэпкърытхын хуейуэ аращ. Апхуэдэ гуауэ зэи къэмыхъуну, зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъ сын ди щIыгум зэи щыдмыгъэувыну Тхьэм жиIэ! Щам къикIыжауэ Налшык щыпсэу Къардэн Самир псалъэ щратым къытеувыIащ СХьР-м къыщыхъея зауэр абы ис адыгэхэм тIуащIэу гущIыхьэ зэращыхъур. «Сыт щыгъуи хэкур ди плъапIэу щытащ икIи гузэвэгъуэр къыщыджьэхэуэм занщIэу дигу къэкIар адэжь щIыналъэращ, — къыхигъэщащ абы. — ФIыщIэ яхудощI дыкъезыгъэблэгъэжахэм, ди бынхэр зы махуи уэрамым дамыгъэту школым щIэзыгъэтIысхьахэм, университетым щезыгъаджэхэм, щхьэ егъэзыпIэ къыдэзытахэм. Апхуэдэ гузэвэгъуэм и хэкIыпIэр зыщ — дэнэ щыIэ ди къуэшхэри, ди шыпхъухэри дызэкъуэту, дызэдеIэу Iэмалыншагъэм дыкъикIын хуейуэ аращ. Лъэпкъыр быдэ зыщIыр щIалэгъуалэращи, фIыкIэ псоми къахэщу, хабзэр зэрахьэу, гъэсэныгъэрэ щIэныгъэрэ ябгъэдэлъу куэдрэ Тхьэм игъэпсэу! Угъ защIэу гъащIэр епхьэкI хъунукъым, тлъэгъуа гузэвэгъуэхэр лъэныкъуэкIэ едгъэтIылъэкIыу, ди плъапIэ щIалэгъуалэм лъабжьэ быдэ яIэу къэдгъэхъуным дыхуэлажьэмэ, зэрызыдужьынум шэч хэлъкъым». ПэкIум и кIэухым КъБР-м и Муслъымэнхэм я IуэхущIапIэм и унафэщI Дзасэжь Хьэзрэталий къызэхуэсахэм дыуэ яригъэщIащ икIи зауэшхуэм хэкIуэда ди адэжьхэм увыIэпIэ дахэ ягъуэтауэ къыщIэкIыну Тхьэм елъэIуащ. ЗэIущIэр иуха нэужь, цIыхухэр занщIэу зэбгрыкIыжакъым. Адыгэ лъэпкъым и тхыдэм, блэкIам, зауэ гуащIэм и лъэужьхэм тепсэлъыхьу, къэкIуэнум фIыкIэ хуэхъуапсэу, нэхъыжьыIуэхэм я псалъэхэм нэхъыщIэ цIыкIухэр щIэдэIуу зэхэтащ. НэщIэпыджэ Замирэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27861.txt" }
Нобэ 1769 гъэм Франджы инженер Куньо Николэ зэпкърилъхьауэ щытащ зы сыхьэтым километритху зыкIу автомашинэ. 1801 гъэм Инджылыз инженер Тревитик Ричард къигупсысащ бахъэкIэ зекIуэ автомобиль. Абы зы сыхьэтым километр 14,5-рэ икIуфырт. Накъыгъэм и 23 — 24-хэм Москва щызэхэтынущ «Европэм шынагъуэншагъэ къыщызэгъэпэщыным дзэмрэ политикэ Iэмалхэмрэ къызэрыщысэбэпынур» дунейпсо конференцэр. Абы кърихьэлIэнущ СНГ-м хыхьэ къэралхэм зыхъумэжыныгъэмкIэ я министрхэр, НАТО-м щыщ къэралхэм я дзэ IуэхущIапIэ нэхъыщхьэхэм я унафэщIхэр. Адыгэ хьэрычэтыщIэ цIэрыIуэ, «Шиферник» ОАО-м (Краснодар) и генеральнэ директор Сагуэ Хьид и ныбжьыр илъэс 58-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 24 — 25-рэ, жэщым градус 16 — 18 щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27873.txt" }
Къанокъуэ Арсен: «Iуэху пыухыкIахэм я парт» цIэр «Урысей зэкъуэтым» ди щIыналъэми щигъэпэжыну дыщогугъ Къанокъуэ Арсен хэтащ «Урысей зэкъуэт» партым и генеральнэ советым иригъэкIуэкIа зэIущIэ убгъуам. Абы кърикIуахэм щытепсэлъыхьым КъБР-м и Iэтащхьэм жиIащ: «Накъыгъэм 18-м екIуэкIа мы зэхыхьэм УФ-м и Правительствэм и УнафэщI, «Урысей зэкъуэт» партым и тхьэмадэ Медведев Дмитрий къыщиIэта Iуэхухэр икъукIэ игъуэщ. ДызыхуэкIуэ бжьыхьэм ар хэтынущ гъэунэхуныгъэ ткIийм — щIыналъэ хэхыныгъэхэм. Партхэм ятеухуа законодательствэм иужь зэманым зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр зэрыхалъхьар къэплъытэмэ, дызыхуэкIуэ хэхыныгъэхэм нэхъ лъэщу щызэпеуэну къыщIэкIынущ. ИкIи а хэхыныгъэхэм фIы къытхудэкIуэн папщIэ хэкIыпIэр зы закъуэщ — Iуэху пыухыкIахэр дэгъэкIыным хуэунэтIа политикэм адэкIи зегъэужьынырщ. Аращ нэхъыбэу зытепсэлъыхьар Медведев Дмитрий. ЩIыналъэм и Iэтащхьэу сызэрыщытым къыхэкIыу, сэ шэч къытезмыхьэжу жысIэфынущ «Урысей зэкъуэтым» и проектхэр щIыналъэхэм я властхэм ящIыгъуу щызэхалъхьэм икIи щагъэзащIэм и деж абыхэм сэбэпынагъышхуэ къызэрахьыр. Къапщтэмэ, КъБР-м и унафэщIхэр партым икъукIэ сэбэп пылъу дылэжьащ узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэм зегъэужьыным хуэгъэзауэ. Дэ тэмэму дыубзыхуауэ щытащ узыншагъэр хъумэнымкIэ IуэхущIапIэхэр къэдгъэщIэрэщIэжын папщIэ дызыхуеинухэр икIи партым и проектым хиубыдэу республикэм зыхуеину Iэмэпсымэхэр къыIэрыхьащ. Хэхауэ къэзгъэлъэгъуэну сыхуейщ хьэрычэтыщIэхэм я Iуэхур нэхъ гугъу зыщI сыт хуэдэ закони къыдагъэкI зэрымыхъунум теухуауэ Медведев Дмитрий жиIахэр зэрыдэсIыгъыр. Хьэрычэт IэнатIэ мыинымрэ курытымрэ экономикэм зрагъэужьым къыщымынэу, къэралыр къэгъэщIэрэщIэжынымкIэ лъабжьэуи мэув. ГъащIэм къызэригъэлъагъуэмкIэ, а IэнатIэхэм Iэмал тэмэмхэр къахузэбгъэпэщыфынущ макроэкономикэ щытыкIэр щымытэмэм дыдэхэм дежи. Псалъэм папщIэ, хьэрычэт IэнатIэ мыинымрэ курытымрэ Iуэху пыухыкIахэмкIэ яхудэчыхыным теухуа законхэр ди республикэм къыщащтащ 2008 — 2009 гъэхэм къэхъуа дунейпсо финанс кризисым иужькIэ». КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27875.txt" }
КъБР-м и ТВ-мрэ радиомрэ 1 КъБР «Мир» канал Блыщхьэ, накъыгъэм и 27 7.00 Мультфильм (6+) 7.20 «Iущыгъэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (6+) 7.40 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» 8.10 «ЩIыуэпс». Дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэным теухуауэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 8.40 «Абы хуейр псэухэрщ». ТекIуэныгъэм и махуэм и щIыхькIэ ирагъэкIуэкIа автомобиль къызэдэжэ (12+) 9.10 «49-нэ каналым и пощт». (12+) 18.00 Мультфильм 18.10 КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Даур Иринэ и махуэшхуэ концерт (адыгэбзэкIэ) (16+) 19.30 «Насып». Лэжьыгъэм и ветеран Зокаев Зейтун (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 20.00 Кавказ зауэм хэкIуэда адыгэхэм я фэеплъ пшыхь (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.45 «Нобэ, пщэдей…». Сабий творчествэмкIэ республикэ унэм щекIуэкIа гъэлъэгъуэныгъэм къратыкI репортаж (адыгэбзэкIэ) (12+) 21.10 «Жылагъуэм и сэбэп зыхэлъ». Нэтыным хэтщ КъБР-м цIыхухэр лэжьапIэкIэ къызэгъэпэщынымкIэ и къэрал комитетым и унафэщI Тхьэгъэлэдж Зубер (16+) 21.40 ХъыбарыщIэхэр Гъубж, накъыгъэм и 28 7.00 Мультфильм (6+) 7.10 Балъкъэр лъэпкъ шхыныгъуэхэр (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 7.55 КъБР-м цIыхубэ артисткэ Шэрмэт Людмилэ и бенефис (адыгэбзэкIэ) (12+) 8.25 «Гум и джэ макъ». КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Бейтыгъуэн Iэуес и пшыхь (адыгэбзэкIэ) (12+) 9.05 «Шэрджэсхэр. ЗауэлIхэмрэ IэщIагъэ зэмылIэужьыгъуэхэм хуэIэкIуэлъакIуэхэмрэ». Що-джэн Жаннэ и сурэт альбомыр утыку кърахьэ (12+) 9.40 «Гъуэплъыфэ уафэ». Сабийхэм папщIэ спорт-нэгузыужь программэ (12+) 18.00 «ГъащIэм и уэрэд». КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, усакIуэ Гуртуев Сэлихь и творческэ пшыхь (12+) 19.30 «Гъунапкъэхэр». Тележурнал (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 20.00 «ТекIуэныгъэм и фэеплъхэр». КъБР-м и лъэпкъ музейм и гъэтIылъыгъэхэр (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.25 Композитор Жырыкъ Заур итха уэрэдхэр (16+) 20.50 «Тайм-аут». Спорт тележурнал (12+) 21.10 «Музейхэр» программэр (12+) 21.40 ХъыбарыщIэхэр Бэрэжьей, накъыгъэм и 29 7.00 Мультфильм 7.10 «Гъунапкъэхэр». Тележурнал (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 7.55 «ФIы щIэн». Амщокъуэ Сэфарбий (адыгэбзэкIэ) (12+) 8.35 «Унагъуэ». Псынэдахэ къуажэм щыпсэу КIуэкIуэхэ я унагъуэм теухуауэ адыгэбзэкIэ) (12+) 9.05 «Нэхъ лъапIэ дыдэр» (16+) 9.35 «Тайм-аут». Спорт тележурнал (12+) 18.00 Мульфильм 18.25 Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым тхэ-квондомкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэм къратыкI репортаж (12+) 19.30 «Бэрэжьей пщыхьэщхьэм Баразбиев Исмэ-хьил дригъусэу». Филологие щIэныгъэхэм я доктор Текуев Мусэ (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 20.00 КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Хьэмыку Жаннэ и бенефис (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.30 «ЛIэщIыгъуэхэм я сурэтыщI». ТхакIуэ Мэлбахъуэ Елбэрд. Япэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (12+) 21.00 «Угнанное детство». Документальнэ фильм. Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм концлагерым иса сабийхэм ятеухуауэ 21.30 «Зи чэзу псалъэмакъ». 21.40 ХъыбарыщIэхэр Махуэку, накъыгъэм и 30 7.00 Мультфильм (6+) 7.10 « Бэрэжьей пщыхьэщхьэм Баразбиев Исмэхьил дригъусэу». Филологие щIэныгъэхэм я доктор Текуев Мусэ (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 8.00 «Мамырыгъэм хуэлажьэ гъуазджэ». Абхъаз Республикэм и сурэтыщIхэм я гъэлъэгъуэныгъэ (12+) 8.30 «Зы уэрэдым и хъыбар». ДыщэкI Залымхъан и уэрэд «ЩIалэ бжьыфIэ» (адыгэбзэкIэ) (12+) 8.50 Къафэм и дунейпсо махуэм и щIыхькIэ концерт. ПэщIэдзэр (12+) 18.00 Мультфильм (6+) 18.15 «Зи IэщIагъэм хуэIэзэм и псалъэ». СурэтыщI Шемякин — Къардэн Михаил (12+) 19.30 «Сурэтхэм къаIуатэ». Япэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 19.45 «IэпщIэлъапщIэ» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 20.20 «Динымрэ гъащIэмрэ» (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.50 «ЛIэщIыгъуэхэм я сурэтыщI». ТхакIуэ Мэлбахъуэ Елбэрд. ЕтIуанэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (12+) 21.20 «Автограф». «ХХI лIэщIыгъуэм и цIыхубз пажэ» урысейпсо зэпеуэм щытекIуа Тхьэщыгугъу Эллэ (16+) 21.40 ХъыбарыщIэхэр Мэрем, накъыгъэм и 31 7.00 Мультфильм (6+) 7.10 «Унагъуэ». Налшык къалэм щыпсэу Болиев- хэ я унагъуэм теухуауэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 8.00 «Динымрэ гъащIэмрэ» (адыгэбзэкIэ) (12+) 8.30 «Ар фщIэн хуейщ». Медицинэ хъыбарыщIэхэр (12+) 8.50 Къафэм и дунейпсо махуэм и щIыхькIэ концерт. КIэухыр (12+) 18.00 КъБР-м и цIыхубэ артисткэ Щэрмэт Людмилэ и бенефис (адыгэбзэкIэ) (12+) 18.30 «ХьэтIохъущыкъуей жыг хадэ. Тхыдэмрэ иджырей зэманымрэ» (16+) 19.30 Мультфильм (6+) 19.35 «Сурэтхэм къаIуатэ». ЕтIуанэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 19.50 «ЩIэныгъэлI». Филологие щIэныгъэхэм я доктор Хьэтыхъу Iэубэчыр (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.25 «Чемпионхэр». КъБР-м физкультурэмрэ спортымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Миновский Владимир (12+) 20.50 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 21.40 ХъыбарыщIэхэр Щэбэт, мэкъуауэгъуэм и 1 Нобэ Сабийхэр хъумэным и дунейпсо махуэщ 7.00 Мультфильм(6+) 7.15 «Макъамэм и дуней». Джашеев Албэч (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 8.00 «ЦIыкIураш». Сабийхэм папщIэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (6+) 8.15 «Макъ жьгъырухэр». Композитор Блашэ Владимир (адыгэбзэкIэ) (6+) 8.45 «Чемпионхэр». КъБР-м физкультурэмкIэ спортымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шыд Хъусен (16+) 9.10 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 18.00 Мультфильм 18.10 «Iущыгъэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (6+) 18.30 «Ыйыкъ». ХъыбарыщIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ) 18.45 «ФIым телэжьэн». Налшык къалэ дэт 14-нэ гимназием и унафэщI Жамборэ Риммэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 19.10 «Республикэм щыхъыбархэр» (адыгэбзэ- кIэ) 19.25 «Гъуэплъыфэ уафэ». Сабийхэм папщIэ спорт-нэгузыужь программэ (12+) 19.50 «НэхъыфI псори — сабийхэм». НыбжьыщIэхэм папщIэ театр (12+) 20.20 «49-нэ каналым и пощт» (12+) Тхьэмахуэ, мэкъуауэгъуэм и 2 7.00 Мультфильм (6+) 7.20 «Гупсысэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 7.40 «Ыйыкъ». ХъыбарыщIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ) 7.55 «ДэкIуеипIэ». Композитор Молэ Владимир (адыгэбзэкIэ) (12+) 8.30 «Республикэм щыхъыбархэр». ХъыбарыщIэхэр (адыгэбзэкIэ) 8.45 «Музейхэр» программэр (12+) 9.10 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 18.00 Мультфильм 18.10 УсакIуэ Гуртуев Сэлихь и ныбжьыр илъэс 75-рэ щрикъум ирихьэлIэу. «ЗэIущIэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 18.45 «Дыщэ пхъуантэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (6+) 19.10 Кавказ зауэм хэкIуэда адыгэхэм я фэеплъ махуэм ирихьэлIэу ГъукIэпщокъуэ Щауэмыр къызэIуиха гъэлъэгъуэныгъэм къратыкI репортаж (адыгэбзэкIэ) (12+) 19.40 «Тхьэм и унэм ухуэзышэ гъуэгуанэ» 20.10 «Илъэс 35-рэ дрокъу». Налшык къалэ дэт 3-нэ музыкэ еджапIэр (12+) 20.40 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 21.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» «Къэбэрдей-Балъкъэр» ГТРК-м и ТВ Блыщхьэ, накъыгъэм и 27 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ) 14.30, 17.10, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 18.30 «УпщIэ нагъыщэ». Къэзанш Людмилэ иригъэкIуэкI нэтын 19.05 «Хамэ сабий щыIэкъым» программэр 19.20 «Пэшым екIу сурэтхэр» программэр. Урысей Федерацэм и цIыхубэ сурэтыщI Пащты Герман Гъубж, накъыгъэм и 28 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр 9.00 «УпщIэ нагъыщэ». Къэзанш Людмилэ иригъэкIуэкI нэтын 9.30 «Хамэ сабий щыIэкъым» программэр 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ) 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ) 14.30, 17.10, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 18.30 «Зэманым и лъэужь» программэр 19.20 «ХамэщIри хэкум хуэдэу фIыуэ елъагъу» (балъкъэрыбзэкIэ) Бэрэжьей, накъыгъэм и 29 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ) 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ) 14.30, 17.10, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 18.30 «Адэхэмрэ бынхэмрэ» ток-шоу 19.10 «Дыгъуасэ, нобэ, пщэдей…» программэр (адыгэбзэкIэ) Махуэку, накъыгъэм и 30 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр 9.00 «Нобэ япщэфIхэр» 9.30 «Хамэ сабий щыIэкъым» программэр 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ) 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ) 14.30, 17.10, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 18.30 Бэчыжь Альберт и фэеплъу бэнэкIэ хуитымкIэ ирагъэкIуэкIа дунейпсо турнирым къратыкI репортаж (адыгэбзэкIэ) 19.05 «ЦIыхумрэ зэманымрэ» программэр. Драматург, тхакIуэ, гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Токумаев Жэгъэфар (балъкъэрыбзэкIэ) Мэрем, накъыгъэм и 31 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр. 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ) 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ) 14.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 17.10 ЩIыпIэ зэман. Кавказ Ищхъэрэм щыхъыбархэр 18.30 Сабийхэр хъумэным и дунейпсо махуэм теухуа «Хамэ сабий щыIэкъым» псапащIэ телемарафон Щэбэт, мэкъуауэгъуэм и 1 8.10, 11.10, 14.20 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 10.05 «Нобэ япщэфIхэр» 10.35 «Нал цIыкIу» къэфакIуэ гупым и концерт Тхьэмахуэ, мэкъуауэгъуэм и 2 14.20 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр «Къэбэрдей-Балъкъэр» ГТРК-м и радио Блыщхьэ, накъыгъэм и 27 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10 7.25 — 7.45 «Гукъыдэж» (адыгэбзэкIэ). 7.45 — 8.00 «Шэджэм тхыпхъэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 10.15 — 10.30 Поляков А. «Вагъуэбэхэр» (адыгэбзэкIэ). 13.25 — 13.45 «Iуэху куэд щызэфIагъэкI блыщхьэ». 13.45 — 14.00 Таурыхъхэм я ауз (адыгэбзэкIэ). Гъубж, накъыгъэм и 28 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10 7.25 — 7.45 «Уи пщэджыжь фIыуэ». Концерт (адыгэбзэкIэ). 7.45 — 8.00 Хайям Омар. «ЛIэщIыгъуэ жыжьэхэм уакъыкIуэцIрыплъмэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 10.15 — 10.30 Измайловэ Е. «Зи ныбжь хэкIуэта боцманым къиIуэтэжар». Фондым щыщщ. 13.25 — 14.00 «ЕгъэджакIуэ — уэ уи цIэр ди гъуазэщ». Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Къамбий Мухьэб теухуауэ. Бэрэжьей, накъыгъэм и 29 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10 7.25 — 7.45 Нало Ахьмэдхъан. «Таракановэ пщыгуащэр» (адыгэбзэкIэ). 7.45 — 8.00 «ЦIыхуитIым зэдыжаIэ уэрэдхэр». Концерт (балъкъэрыбзэкIэ). 10.15 — 10.30 Маммеев Ибрэхьим и «Балыджэ» радиоспектаклыр (балъкъэрыбзэкIэ). 13.25 — 13.45 «Спорт хъыбархэр». 13.45 — 14.00 Макъамэ театрым и уэрэджыIакIуэхэм я концерт. Махуэку, накъыгъэм и 30 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 10.00, 13.10, 16.10, 18.10 7.10 — 8.00 «Жьырытэдж». Нэгузыужь нэтын. 10.15 — 10.30 Шахмурзаев Сэхьид и усэхэр. 13.25 — 13.40 «Гулъытэ нэхъыщхьэр узыншагъэр хъумэн IуэхущIапIэм хуэгъэзащ». 13.50 — 14.00 «Тау адет» (балъкъэрыбзэкIэ). Мэрем, накъыгъэм и 31 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10 7.25 — 8.00 «Жьырытэдж» (адыгэбзэкIэ). 10.15 — 10.30 «Хамэ сабий щыIэкъым» телемарафоным фыкъыдогъэблагъэ. 13.25 — 13.45 Къэрмокъуэ Мухьэмэд. «Псым ихьар» (адыгэбзэкIэ). 13.45 — 14.00 «Инджылызыбзэр Джэдгъэф Маринэ и гъусэу зыдогъащIэ». Щэбэт, мэкъуауэгъуэм и 1 10.10 — 11.00 «Кавказ пшэплъхэр». Радиожурнал 12.10 «КъБР: махуэр махуэм кIэлъыкIуэу». ХъыбарыщIэхэр (адыгэбзэкIэ). 12.25 «КъБР: махуэр махуэм кIэлъыкIуэу». ХъыбарыщIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ). 12.40 — 13.00 Сабийхэм хъумэным и дунейпсо махуэ. «Сабиигъуэр нэхущ икIи гуфIэгъуэщ». Тхьэмахуэ, мэкъуауэгъуэм и 2 10.10 «КъБР: махуэр махуэм кIэлъыкIуэу» ХъыбарыщIэхэр. 10.25 — 11 00 Кагиевэ Н. «Трам хан» рассказыр (балъкъэрыбзэкIэ). 12.10 — 13.00 Театрыр микрофоным Iутщ. Ибрагимбеков Рустам. «Аслъэным ещхьу» (адыгэбзэкIэ). КъБР-м и радио Блыщхьэ, накъыгъэм и 27 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00 7.15/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/16.05 «ЩIэныгъэм и дунейм — зыплъыхьакIуэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.45/14.35 «Лэгъупыкъу». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ). 9.00/18.05 «Зэпсэлъэгъухэр» (урысыбзэкIэ). 9.25/18.30 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ). 10.05 «Утыку» (адыгэбзэкIэ). 10.20/16.25 «Макъамэ яхъумахэр» (адыгэбзэкIэ). 10.47/14.50 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 11.05/15.00 «Зэныбжьэгъухэм я гушыIэкIэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.25/15.20 «Уэрэдыр тыгъэ фхузощI» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.48/15.43 Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 12.05/17.30 «Дуней тетыкIэ» (урысыбзэкIэ). 12.25/17.00 «КъехьэкI-нехьэкI зыхэмылъ псалъэмакъ» (урысыбзэкIэ). 14.05-14.35 «Дыхьэшхэным и хъуреягъкIэ» (адыгэбзэкIэ). Гъубж, накъыгъэм и 28 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00 7.15/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 7.48/15.43 «Зэхэфха? Флъэгъуа?» Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/16.05 «Ди хъугъуэфIыгъуэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «Зэманыр, къэхъукъащIэхэр, Iуэху еплъыкIэхэр» (урысыбзэкIэ). 9.25/18.30 «Гукъыдэж» (урысыбзэкIэ). 10.05 «Адыгэхэр: тхыдэр, хабзэр» (адыгэбзэкIэ). 10.45/14.45 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 11.05/15.20 «Балъкъэр цIыхубэ уэрэдхэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.28/15.00 «Школ Iуэхухэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.05/17.30 «Классикэ макъамэм и концерт» (урысыбзэкIэ). 12.25/17.00 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ). 12.45/14.30 «Зи чэзу Iуэхум теухуауэ» (адыгэбзэкIэ). 14.05/16.35 «Макъамэ калейдоскоп» (адыгэбзэкIэ). Бэрэжьей, накъыгъэм и 29 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00 7.15/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/15.00 «Къонгуроучукъ». Сабийхэм папщIэ (балъкъэрыбзэкIэ). 8.45/16.22 Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэ- кIэ). 9.00/18.05 «Зи чэзу Iуэхум теухуауэ» (урысыбзэкIэ). 9.25/17.30 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ). 10.05/15.45 «Адэжь щIыналъэ» (адыгэбзэкIэ). 10.20/16.32 Концерт (адыгэбзэкIэ). 10.47/14.50 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 11.05/16.05 «Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ). 11.22/15.20 «Салам алейкум» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.05/17.00 «Гъуазджэм и щIыналъэ» (урысыбзэкIэ). 12.35/18.30 «Гукъыдэж» (урысыбзэкIэ). 14.05-14.50 «Уэрэдыр и Iэпэгъуу» (адыгэбзэкIэ). Махуэку, накъыгъэм и 30 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00 7.15/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/16.05 «Дэ къытхуэнар» (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «Нэхъыщхьэм теухуауэ — кIэщIу» (урысыбзэкIэ). 9.25/17.30 «Макъамэ Iэмэпсымэ зэмылIэужьыгъуэхэм папщIэ ятха пьесэхэр» (урысыбзэкIэ). 9.37/17.42 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ). 9.47/17.20 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 10.05/14.35 «Динымрэ гъащIэмрэ» (адыгэбзэкIэ). 10.20/16.35 «Гухэлъ уэрэдхэр». Концерт (адыгэбзэкIэ). 10.45-11.00 «ДунейгъафIэ». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ). 11.05/15.00 «Лэгъупыкъу» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.25/15.20 «Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ). 11.48/15.43 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 12.05/17.00 «Макъамэхэр» (урысыбзэкIэ). 12.25/18.25 «Дуней тетыкIэ» (урысыбзэкIэ). 14.05-14.35 «Пшыналъэ». Нэгузыужь нэтын (адыгэбзэкIэ). Мэрем, накъыгъэм и 31 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00 7.15/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/16.25 «Дыщэ пхъуантэ цIыкIу» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.35/15.10 «Уэсылъэ къуршхэм я макъамэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «ГъащIэ упщIэ» (урысыбзэкIэ). 9.25/17.30 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ). 10.05 «Эфирыр псоми папщIэ» (адыгэбзэкIэ). 10.25 «ФIыуэ тлъагъу макъамэхэр» (адыгэбзэкIэ). 10.45/14.32 «Таурхъан». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ). 11.05/15.00 «Гуапагъэмрэ уахътыншагъэмрэ ятеухуауэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.15/16.05 «Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ). 11.35/15.32 Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 11.45/15.42 «Щэнхабзэм теухуауэ» (адыгэбзэкIэ). 12.05/17.00 «Гъуазджэм и щIыналъэ» (урысыбзэкIэ). 12.35/18.30 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ). 12.44/18.39 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 14.05/16.35 «Ди гъусэу зывгъэпсэху» (адыгэбзэкIэ). Щэбэт, мэкъуауэгъуэм и 1 7.00/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 7.38/13.38 «ЛIэщIыгъуэр лIэщIыгъуэм кIэлъыкIуэу» (адыгэбзэкIэ). 8.00/15.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/15.25 «Эрирей» (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.00 «Я гулъытэ нэхъыщхьэр зыхуэгъэзар» (урысыбзэкIэ). 9.25/18.25 «Дыгъэпс хъурейр» (урысыбзэкIэ). 9.45/18.45 «Усыгъэм и сатыр мыкIуэдыжынухэр…» (урысыбзэкIэ). 10.00-10.30 «Дэрэжэгъуэ». Нэгузыужь нэтын (адыгэбзэкIэ). 10.50/14.50 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 11.00/16.00 «Зэныбжьэгъухэм я гушыIэкIэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.21/16.21 «Сыт щыгъуи щрыреIэ дыгъэр». Сабийхэм папщIэ (балъкъэрыбзэкIэ). 11.30/16.30 «Iуащхьэмахуэ и щыгум щыIу уэрэдхэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.00/17.00 «Гукъыдэж» (урысыбзэкIэ). 12.44/17.44 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 14.00-14.50 «Радиотеатр» (адыгэбзэкIэ). Тхьэмахуэ, мэкъуауэгъуэм и 2 «ХъыбарыщIэхэр». Тхьэмахуэм къэхъуахэр (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 8.00, 10.00, 12.00, 14.00, 15.00, 17.00 7.00/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 7.40/14.40 «Лъэпкъ прозэм и напэкIуэцIхэр» (адыгэбзэкIэ). 8.10/15.10 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.40/15.40 Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэ- кIэ). 9.00/18.00 «Iуэху нэхъыщхьэм теухуауэ» (урысыбзэкIэ). 9.30/18.30 «Бгыхэм я макъамэр» (урысыбзэкIэ). 9.40/18.40 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 10.10/14.10 «Макъамэ» (адыгэбзэкIэ). 10.40-10.58 «Школ Iуэхухэр» (адыгэбзэкIэ). 11.00/16.00 «Ди хъугъуэфIыгъуэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.10/17.10 «Театрыр микрофоным Iутщ» (урысыбзэкIэ). 13.35-14.00 «УсакIуэмрэ уэрэдымрэ» (адыгэбзэкIэ).
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27879.txt" }
1763 — 1864 гъэхэр Илъэси 101-кIэ екIуэкIа Урыс-Кавказ зауэр езым имылъэгъуами, и лъэпкъым абы къыхуихьа гузэвэгъуэр зыхэзыщIэ щIалэщIэ IэпщIэлъапщIэ ГъукIэпщокъуэ Щауэмир IупщIу къигъэлъэгъуэн хузэфIокI а лъэхъэнэ гуащIэ адыгэр зыхэтар. Мы махуэхэм абы Лъэпкъ музейм щигъэлъагъуэ и лэжьыгъэхэр зытеухуар зи гугъу тщIы зауэжьыр къызэрыхъейрэ илъэс 250-м зэрынэблэгъарщ. Дунейпсо, Къэбэрдей Адыгэ Хасэхэм я тхьэмадэхэу Сэхъурокъуэ Хьэутийрэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ Лъэпкъ музейм щекIуэкI еплъыныгъэхэм щыIащ икIи а IуэхущIапIэм и унафэщI НакIэ Феликс я гъусэу ди лъэпкъыр зыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэм тепсэлъыхьащ. ГъукIэпщокъуэ Щауэмир и лэжьыгъэхэр щигъэлъагъуэ выставкэм цIыху куэд кърихьэлIащ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, Щауэмир щылажьэр «пшахъуэ гъуазджэ», «пшахъуэ графикэ» жиIэу къызэрыкI «sand art» Iэмалырщ. ПшахъуэкIэ абы абджыпсым трищIыхь сурэтхэм тхыдэ псо къазэрыхэщым къыщымынэу, ГъукIэпщокъуэм и IэдакъэщIэкIхэм хелъхьэ и гукъеуэ-гупсысэхэри. Щауэмир къигъэлъагъуэ адыгэ зауэлIхэми бзылъхугъэхэми я нэгум иболъагъуэ а зэманым цIыхухэм гугъуехьрэ хьэзабу ятелъар, сурэтыщIым аллегорие гъэпсыкIэм зыщыхуигъази щыIэщ. Апхуэдэу, «В пучину Черного моря» сурэтым адыгэр хэкум зэрыраша кхъухьхэм я пIэкIэ къыщихьыр бдзэжьей абрагъуэм цIыхухэр зыжьэдилъафэущ. «Адыгэш» сурэтымкIэ ГъукIэпщокъуэм дигъэлъагъу хуэдэщ лъэпкъ пагэ, ауэ икIи мащIэ адыгэр къикIуэт имыIэу Урысей пащтыхьыгъуэм и дзэшхуэм зэрыпэщIэтар. Мы сурэтым ехьэлIауэ къэпхь хъунущ Вэрокъуэ Владимир и гупсысэр: «Шэрджэсым иращIылIа зауэм и кIыхьагъкIэ а щIыналъэр къамызэуфурэ Урысей империем пащтыхьитху зэрихъуэкIыну хунэсащ. Урысей пащтыхьыгъуэм Наполеон и дзэр зэтрикъутащ, Польшэр, Кърым хъаныдзэр, Прибалтикэр, Финляндиер иубыдащ, Тыркум дригъэкIуэкIа зауиплI къихьащ, арщхьэкIэ Шэрджэс лъэщыр къизэун хузэфIэкIакъым. Шэрджэс щIыналъэр къигъэIурыщIэну абы Iэмал зэригъуэтар зы гъуэгукIэщ — абы щыпсэухэр ирихукIэщ». Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутийрэ профессор БакIуу Хъанджэрийрэ выставкэм йоплъ. Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и псалъэ. СурэтыщI ГъукIэпщокъуэ Щауэмир. Гупсысэ шэщIа хэлъщ «Умирать стоя» лэжьыгъэми: Iэщэ зыIыгъ, шым тес гупыр адыгэ унагъуэ къызэрыгуэкIым теуэу ар щIым щыщ зэрищIыжар хьэкIэкхъуэкIагъэт. Уи гулъытэр ихьэхурт «Къэбэрдей хьэжрэтхэр» сурэтым. ЩIалэ IэпщIэлъапщIэр хьэжрэтхэм я щIэблэм зэращыщыр къэплъытэмэ (и адэр Хуэдз хьэжрэт жылагъуэм къыдэкIащ), лэжьыгъэм абы и псэм щыщ Iыхьэ цIыкIу зэрыхилъхьар IупщIу уолъагъу. Къыхэгъэщыпхъэщ хьэжрэтхэм Урыс-Кавказ зауэм я гуащIэ мымащIэу зэрыхалъхьари. Яхэтащ абыхэм абрэджхэри. Щауэмир «Абрэдж» зыфIища и лэжьыгъэр ахэрщ зытеухуар. Урыс-Адыгэ зауэм и лIыхъужьхэр лъэныкъуэкIэ къигъэнэн лъэкIакъым ГъукIэпщокъуэм. Абыхэм ящыщщ «Шэрджэсым и аслъэн» цIэр инджылыз Белл Джеймс зыфIищауэ щыта шапсыгъ цIэрыIуэ ЩэрэлIокъуэ (Дыгъужьыкъуэ) Къазбэч, «шэрджэс Щамил» фIэщыгъэр зыгъуэта убыхыпщ Бэрзэдж Дэгумыкъуэ Хьэжы-Исмел сымэ. ГъукIэпщокъуэм зэфIигъэувэжащ нэтыхъуей лIакъуэлIэш Шырыхъукъуэ Дыгъужь и теплъэри. Адыгэ лъэпкъыр бэлыхь дыхэзыдза зауэр нэсу къэгъэлъэгъуэжа хъунтэкъым, а зэманым нэхъ лей дыдэ зезыхьа генерал Засс Григорий и сурэтыр утыку къримыхьатэмэ. А цIыху гущIэгъуншэм зэрихьа лейхэри Щауэмир сурэт щхьэхуэхэу уи нэгум къыщIегъэхьэ: Прочноокопскэ быдапIэм щхьэпылъэ щащIа шэрджэсхэр къызэрыщ сурэтхэр гум хохьэ, а лъэхъэнэ шынагъуэр зыхыуамыгъащIэуи къанэркъым. Гъэлъэгъуэныгъэм къыщыхьа сурэтхэм я бжыгъэми (36-рэ мэхъу) мыхьэнэ иIэщ: зауэр щекIуэкIа илъэсхэр (1763 — 1864) зэхэплъхьэмэ, 1+7+6+3+1+8+6+4 къыщIэкIыр 36-рэщ. «Шэрджэсхэр яхэшыпсыхьыжынущ тыркухэм, зы щIэблэ къащIэхъуэжынми аращ», — зэгуэр, 1860 гъэхэм, жызыIа генерал Фадеев Ростислав адыгэ хэхэсхэм нобэм къахьэса щэнхабзэм, гъуазджэм, я псэукIэм зы нэкIэ хэплъэну Iэмал иIамэ, гъэщIэгъуэн дыдэ къыщыхъунт. Ди тхыдэр иухакъым дэ иджыри. Дунейр щыIэху, Алыхьым жиIэмэ, псэунущ адыгэ лъэпкъыр… Мыпхуэдэ гупсысэ я щхьэм къыщыушауэ къыпщыхъурт ГъукIэпщокъуэ Щауэмир и гъэлъэгъуэныгъэм кърихьэлIа псоми. Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий къызэрыхигъэщамкIэ, щIалэ IэпщIэлъапщIэм и творчествэм фIагъ куэд къызэщIеубыдэ. — ЩIалэм и унэцIэ дыдэм «гъукIэ» псалъэр и лъабжьэщ, абыкIэ къыбгурыIуэнтэкъэ ар сурэтыщI нэс зэрыхъунур?! Пэжыр жыпIэмэ, абы и IэдакъэщIэкIхэм ар къыщоув философ Iэзэуи тхыдэдж гурыхуэуи. Апхуэдэ пхузэфIэкIыу адыгэм и тхыдэм и напэкIуэцI нэхъ гугъухэр къэбгъэлъэгъуэныр ехъулIэныгъэшхуэщ. Къысщохъу дэ псоми нобэ Щауэмир и IэдакъэщIэкIхэр гурэ псэкIэ зыхэтщIауэ. Сурэт щхьэхуэхэм уи гур кърагъэкIэзызыкI, языныкъуэхэр телъыджэ пщохъу, нэгъуэщIхэм пагагъэ къыпхалъхьэ ди лъэпкъ уардэм папщIэ. А зэман жыжьэм Шэрджэс щIыналъэм къытепсыхауэ щыта гузэвэгъуэр афIэкIа ди цIыхухэм ямылъагъужыну Тхьэм жиIэ. Сохъуэхъу ГъукIэпщокъуэм и лъэпкъыр, и лъахэр игъэлъапIэу ирихьэжьа Iуэхум адэкIи пищэну, гуфIэгъуэ Iуэхугъуэ куэд къылъыкъуэкIынуи си гуапэщ», — жиIащ Сэхъурокъуэм. Филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор БакIуу Хъанджэрий къыхигъэщащ Щауэмир игъэлъагъуэм хуэдэ телъыджэ иджыри къэс зэрыIумыщIар, абы и сурэт дэтхэнэми гупсысэ куу зэрахилъагъуэр. — НапIэзыпIэр къигъэувыIэ къудейкъым сурэтыщIым, абы егугъуауэ дегъэгупсысэ. ИкъукIэ мыхьэнэ зиIэщ гъэлъэгъуэныгъэр накъыгъэм и 21-м, Адыгэм и щыгъуэ-щIэж махуэм, зэрырагъэхьэлIар. Абы къегъэлъагъуэ ди блэкIар зэрытщымыгъупщэри адэкIэ лъэпкъым зэрызиужьыжынури. Гу зэрылъыстамкIэ, ГъукIэпщокъуэ Щауэмир гупсысэщIэ зиIэ цIыхущ, си гуапэщ абы и цIэр ди аузхэм, адыгэр щыпсэу щIыпIэхэм я мызакъуэу, дуней псоми щыIуну. Урыс-Кавказ зауэр зылъэIэсар зы унагъуэтэкъым, зы къуажэтэкъым, атIэ лъэпкъ псом гузэвэгъуэу къатехуат… А гуауэм и фэеплъу Щауэмир дигъэлъэгъуа теплъэгъуэхэм папщIэ фIыщIэ хузощI, пщIэрэ гъуэгу дахэрэ иIэну Тхьэм жиIэ, — къыхигъэщащ Хъанджэрий. — Адыгэм нэхърэ нэхъыбэу пшахъуэр зыуба, пшахъуэм ирикIуа нэгъуэщI лъэпкъ щыIэу къыщIэкIынкъым. Тенджыз ФIыцIэм и Iуфэр, ди псышхуэхэм я Iуфэ дахэхэр… — жиIащ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. — Ауэ дэ тщыщ зыми иджыри къэс зэи игу къэкIатэкъым пшахъуэм мыпхуэдэ телъыджэ къыхэпщIыкI хъуну. ГъукIэпщокъуэм ар щищIми, ди гум къыщIитхъ, дызыгъэпIейтей Урыс-Кавказ зауэм и напэкIуэцI нэхъ гузэвэгъуэ дыдэр къигъэлъэгъуащ. Адыгэ цIыхухэр зэтезыукIа генерал Засс и сурэтыр, адыгэ къуажэхэр, зауэшхуэм и лIыхъужьхэр… ФIэщ щIыгъуейщ мы щIалэр илъэси 101-кIэ екIуэкIа а зауэм хэмытауэ, абы апхуэдизкIэ Iэзэу псори ди нэгу къыщIегъэувэри. ГъэщIэгъуэныщэщ псори. Зэчий къызэрымыгуэкI убгъэдэлъщи, Щауэмир, уи лъэпкъым IуэхуфIкIэ ухуэлэжьэфыну, уи Iэпэхэм къыпыщ гъуазджэм зиужьыну сыпхуохъуахъуэ. Тхьэм дызэдигъэузыншэ! Къыхэгъэщыпхъэщ ГъукIэпщокъуэ Щауэмир и гъэлъэгъуэныгъэр къызэIуаха и ужь, пшахъуэкIэ сурэт зэрищIым цIыхухэр зэрыхигъэгъуэзар. ЯфIэщIэщыгъуэу псори еплъащ дакъикъэ 15-кIэ абы игъэлъэгъуа «Адыгэ Хэку» фильмым. Ар къыщIедзэ Iуащхьэмахуэ и теплъэмрэ абы и Iэгъуэблагъэм къыщыкI жыг уардэм и сурэтымкIэ, адыгэ пщIантIэмрэ абы щыпсэу цIыху мамырхэмрэ къыщыгъэлъэгъуа теплъэгъуэхэмкIэ. Зэуэ лъэпкъым къащхьэщохьэ бгъэ фIыцIэжьыр, щыблэм хуэдэу къохъей зауэр, ирауд лъахэм и жыг лъэщри. Лъэпкъым хьэзабыр я натIэ зэрыхъуар IупщIу уолъагъу. А псом щIэт макъамэм нэхъри гупсысэ куум ухешэ. ГъукIэпщокъуэм фильмым курых хуещI лъэныкъуэкIэ къыщыт, пшахъуэм къыхигъэщхьэхукI лIыжь зи щхьэр фIэзыубыдыкIам и нэгу щIэкIхэр… Елъагъу абы зауэ шынагъуэр, лажьэншэу абы хэкIуадэхэр, тенджызыр, кхъухьхэм ирагуэ цIыхухэр… ИстамбылакIуэр гъуэгу мыгъуэт. ИтIани, ираупщIыкIауэ щыта жыгым щыщу къэна пхъэдакъэжьым гугъэ уэзыгъэщI къудамэ къыдожыж… Адыгэр псэущ, лъэ быдэкIэ тетщ дунейм, мэкI и жыг уардэри… БАГЪЭТЫР Луизэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27882.txt" }
Сирием щыпсэу адыгэхэм я джэ макъ Хэкужьым къина адыгэхэр дапщэщи дропIейтей хамэщI щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм. Мы лъэхъэнэм дрогузавэ Сириер псэупIэ зыхуэхъуауэ щыта адыгэхэр абы щекIуэкI зауэм псэзэпылъхьэпIэм зэрыригъэувам. Пэжщ, абы щыпсэуахэм ящыщ гуэрхэри къэIэпхъуэжыфащ адыгэ щIыналъэхэм, ауэ зауэ мафIаем къыхэнауэ абы пыщIа гугъуехь мыухыжхэр зыгъэвхэр нэхъыбэж мэхъу. Иджыблагъэ ди редакцэм къыщIыхьащ Сирием щыпсэуауэ щыта, иджы Нартан къуажэм дэс и Iыхьлыхэм псэупIэкIэ къызэрагъэпэща Къущхьэ Надим. Абы къытхуиIуэтащ а хамэ щIыпIэм и бэлыхьхэр зыгъэв адыгэхэр мы зэманым зэрыхуа щытыкIэ къызэрымыкIуэр. Дамаск дэт Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и цIэкIи лъэпкъым зыхуегъазэ ди хэкуэгъухэр зыхэхуа бэлыхьыр ядэгъэпсынщIэнымкIэ дэIэпыкъуэгъу хъуну. — Сирием ис адыгэхэр нобэ зыхэт мафIэмрэ гузэвэгъуэмрэ нэхърэ нэхъ гуауэрэ дыджрэ ахэр хуэзакъым, Урыс-Кавказ илъэсищэ зауэшхуэр зэриух лъандэрэ. ЩIыпIэм щекIуэкI зауэр нэсащ адыгэхэр куэду зыдэс къуажэхэм, жылэхэм. Ди лъэпкъэгъухэм ящыщу цIыхуи 100-м щIигъу хэкIуэдакIэщ а зауэ гуащIэм, нэхъыбэжи уIэгъэ хъуащ. Куэдым яIэжкъым я псэуалъэхэр, унэхэр, ябгъэдэлъа мылъкури щIэпхъаджащIэхэм зэрапхъуащ, — жеIэ Надим. — Адыгэ унагъуэ мини 4-м нэс Дамаск къалэм къыдэзэрыхьащ, гузэвэгъуэм кърихужьэри. ЦIыху мин бжыгъэхэм я IэнатIэхэр яфIэкIуэдри, зэрыпсэун, яшхын ямыIэу джафэу къэнащ. Абыхэм зэралъэкIкIэ ядоIэпыкъу Дамаск дэт Адыгэ ФIыщIэ Хасэмрэ абы и къудамэу щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щыIэхэмрэ. Апхуэдэ щIэгъэкъуэн лъэщыр мыхъуатэмэ, а хамэ щIыналъэм щыIэ адыгэхэм леищэ къатехьэнт, ауэ, итIани, зэрыжаIэщи, «бзум ил и лъэпсщ»: Хасэми тэмэму, зэрыхуейуэ цIыхухэр къыхузэгъэпэщыркъым ахэр Iэмалыншэу зыхуей-зыхуэфI псомкIи. Ди лъэпкъэгъухэр зыхэт апхуэдэ гузэвэгъуэр зылъагъу, ауэ нэсу дэмыIэпыкъуф Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и джэ макъыр яхуэгъэзащ дунейм тет адыгэ псоми. «Ди къуэшыфIхэ, ди лъэпкъэгъухэ! ДыныволъэIу дэIэпыкъуэгъу фыкъытхуэхъуу дызэрыт гужьеигъуэм дыкъыхэфшыну. «МафIэм пэгъунэгъу лыр мажьэ», — жеIэ псалъэжьым. Вбгъэдэлъ адыгагъэмрэ цIыхугъэмрэ зэрыгъунапкъэншэр дощIэри, дыныволъэIу гу къытлъыфтэну. Гуапэ зыхэлъым псапи хэлъщ. Фи хэхъуэр куэду, гуапагъэрэ псапэрэ фщIэфу куэдрэ узыншэу Тхьэм фигъэпсэу! Дамаск дэт Адыгэ ФIыщIэ Хасэр». «Лъэпкъ и зыпкъ кIуэдыркъым», — жеIэ адыгэ псалъэжьым. Сирием щыпсэу адыгэхэм мылъкукIэ защIэзыгъэкъуэну хуей дэтхэнэми зыпищIэ хъунущ Дунейпсо Адыгэ Хасэм. Абы и реквизитхэр мыращ: Союз общественных объединений «Международная Черкесская Ассоциация» В лице президента Сохрокова Х. Х., действующего на основании Устава Юридический адрес: 360000, Россия, Кабардино-Балкарская Республика, г.Нальчик,ул.Шогенцукова, 6 тел.42-05-73,Факс 42-58-34 ИНН- 0721002124 КПП-072101001 Коммерческий банк «БУМ-БАНК» ООО г.Нальчик, ул.Ногмова, 62, Счет № 40703810720000000701 К/С № 30101810100000000749 БИК 048327749 ИНН 0711007268 КПП- 072101001 ЖЫЛАСЭ Маритэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27902.txt" }
Дызэкъуэту дызэдэлажьэмэ, дэ куэд тхузэфIэкIынущ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий 2013 гъэм накъыгъэм и 21-м екIуэкIа щыгъуэ пэкIум къыщипсэлъар Ныбжьэгъу лъапIэхэ! ПщIэ зыхуэсщI ди хьэщIэхэ! Мы щIыпIэ лъапIэм деж дэ аргуэру дигу къыщыдогъэкIыж Кавказ зауэм хэкIуэдахэр е абы и зэранкIэ хэкум пэIэщIэ хъуахэр. Илъэси 101-кIэ екIуэкIа гузэвэгъуэшхуэм адыгэ лъэпкъым и къэкIуэнур къэгъазэ имыIэу ихъуэжащ. ЦIыху хейуэ мелуанхэм я гъащIэр зыхьа, адыгэхэр гуп-гупурэ дунейм щизыкъухьа лъыгъажэ зауэр 1864 гъэм накъыгъэм и 21-м иухащ. Совет къэралу щытам щыпсэуа лъэпкъхэм иужьрей илъэс бгъущIым къриубыдэу Граждан зауэр, Хэку зауэшхуэр, зэтекъутэныгъэхэр, цIыхубэ хозяйствэр зэрызэфIагъэувэжар, Совет Союзыр зэрыкъутэжар я нэгу щIэкIащ. Адыгэхэмрэ Кавказ Ищхъэрэм щыщ адрей лъэпкъхэмрэ я къекIуэкIыкIам ущыхэплъэжкIэ, къыбгуроIуэ адэкIэ Урысей иным зэпымыууэ щIыгъуну икIи абы и гъусэу заужьыну ди адэжьхэм илъэс щитхум нэблагъэ япэкIэ къызэрыхахар икъукIэ губзыгъагъэу зэрыщытар. Нобэ дэ псори дызэхэзыша гузэвэгъуэм и щхьэусыгъуэхэр къэлъыхъуэныр, абы тэмэму тепсэлъыхьыныр зыхуэунэтIар зы мурадщ – XVIII-XIX лIэщIыгъуэхэм къэхъуа гузэвэгъуэм и пэжыпIэр гъэтэмэмынырщ. Дэ Кавказ зауэм щIытедгъэзэжыр иджырей щIэблэхэм зыгуэркIэ деныкъуэкъуну аракъым, атIэ щалъхуа щIыналъэр яхъумэурэ зи псэр зытахэм я фэеплъыр дгъэлъэпIэн папщIэщ. илъэси 150-рэ и пэкIэ иуха урыс-адыгэ зауэшхуэм и пэжыпIэр дыубзыхумэщ дэ ди нэгур зэIухауэ дыщызэплъыфынур икIи къэкIуэну щIэблэхэм къахуэдмыгъанэу, абы пыщIа гугъуехьхэр щыдэдгъэкIыфынур. Ноби къэрал щхьэхуэхэм щыIэ тепщэныгъэхэр щакъутэ, абыхэм я лIыщхьэхэр зэхэзехуэн ящI икIи а псоми урагъэгупсыс дунейм цIыху тэмэму тетым я къарухэр зэщIэгъэуIуэн зэрыхуейм. Иракым, Ливием, Сербием, Боснием я щапхъэхэм, Сирием и уIэгъэхэм къытхуагъэув ем зэщIыгъуу дыпэщIэувэн хуейуэ. Иджыпсту дуней псор быдэу зэпыщIащ, абы и хъыбарегъащIэ Iэмалхэр зыуэ зэкъуэтщ. Дэнэ щIыпIэ къыщыхъуами цIыхухэр дакъикъэ бжыгъэм щыгъуазэ ящIыф. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, зауэр зэщIэзыгъэстхэр абы къызэтригъэувыIэркъым. Хэхауэ дытегузэвыхьу дэ Сирием щекIуэкIхэм дыкIэлъоплъ икIи цIыху лажьэншэхэр, хамэщI зэгуэр къыщыхутауэ щыта ди лъэпкъэгъухэри абыхэм яхэту, зэрыхэкIуадэм дегъэбампIэ. Дэ а зауэр къызэтедгъэувыIэн, залымыгъэ политикэм и телъхьэхэм дапэщIэувэн папщIэ тхузэфIэкI псори длэжьыну ди къалэнщ. Дэ долъагъу а Iуэхум Урысейм и Правительствэм, Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир езым и щхьэкIэ къаруушхуэ зэрырахьэлIэр. А псоми къадэкIуэу, дэ Урысей къэралыгъуэм, Сирием щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я Iуэхур дэгъэкIыным пыщIахэм аргуэру долъэIу адыгэ диаспорэм щыщу щызэзауэ щIыпIэхэм щыIэхэр икIэщIыпIэкIэ абы къишынымкIэ икIи езыхэм я адэжь хэкум шынагъуэншэу щыпсэун папщIэ къэшэжынымкIэ къыддэIэпыкъуну. ГурыIуэгъуэщ къэралым щызекIуэ законхэр гъэзэщIэн икIи сыт хуэдэ Iуэхури хабзэм къезэгъыу дэгъэкIын зэрыхуейр. Дэ къыдгуроIуэ мы Iуэхухэр къызэрыгуэкIыу зэрыщымытыр. Ауэ, итIани, политикэ зэфIэкIымрэ цIыху акъылымрэ къитIасэу лъыгъажэр къызэрагъэувыIэн икIи зэныкъуэкъу лъэныкъуэхэр зэрызэгурагъэIуэн Iэмалхэр къэлъыхъуэн хуейщ. Мы махуэхэм Адыгей, Къэрэшей-Шэрджэс, Къэбэрдей-Балъкъэр республикэхэм я унафэщIхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм, цIыху щхьэхуэхэм ирагъэкIуэкI лэжьыгъэм къегъэлъагъуэ, дызэкъуэтмэ, дэ куэд зэрытхузэфIэкIынур. Пэжщ, ди Iэпэр къызыпемыкIуэкIхэри щыIэщ. Ауэ гузэвэгъуэр дэгъэкIынымкIэ дызэрызэкъуэтым, лей зытехьахэм дадэIэпыкъуну дызэрыхущIэкъум пыухыкIауэ Iуэху тэмэмхэр кърикIуащ. Мы утыкур къэзгъэсэбэпу, республикэм исхэм я цIэкIэ КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен фIыщIэ хуэсщIыну сыхуейщ иригъэкIуэкI лэжьыгъэшхуэм, ди лъэпкъэгъухэр къешэлIэжынымрэ ахэр зыхуей хуэгъэзэнымкIэ езым и щхьэкIэ IуэхукIи мылъкукIи куэд зэрыхищIыхьым папщIэ. Къэзыгъэзэжахэм папщIэ унипщI бжыгъэхэр къуажэхэм къыщащэхуакIэщ. Апхуэдэу фIыщIэ яхуэсщIыну сыхуейщ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и унафэщIхэм, Сирием, Иорданием, Тыркум, Сербием, Израилым щыщ ди лъэпкъэгъухэм я сабийхэр егъэджэнымкIэ илъэс 45-м щIигъуауэ лэжьыгъэшхуэ зэрырагъэкIуэкIым папщIэ. Нэгъабэ и закъуэ КъБКъУ-м иригъэджэну къищтащ Сирием щыщ щIалэрэ хъыджэбзу 200-м нэблагъэ. Сирием щекIуэкI зауэм къыхэкIыу къэIэпхъуэжа ди къуэшхэмрэ ди шыпхъухэмрэ захуэзгъэзэну сыхуейт. ФыкъыздэкIуэжар фи адэжь хэкущ, фи щIыналъэщ. Тхьэм псэукIафIэ фищI! Тхьэр арэзы къахухъу дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэхэм IуэхукIи, сомкIи, псалъэ гуапэрэ гущIэгъукIэ нэхъ мыхъуми защIэзыгъэкъуахэм. Ди къуэшхэмрэ ди шыпхъухэмрэ я дежкIэ сыт хуэдэ дэIэпыкъуныгъэри лъапIэщ, ахэр мылъкуми псалъэ гуапэми хуэныкъуэщ. Дэ хэкум къэкIуэжахэр зыщыщ лъэпкъхэм я нэхъыжьхэм захудогъазэ. Жьэгу пащхьэ мафIэрщ зэшхэр щызэрыукI зауэу Сирие Хьэрып Республикэм щызэщIагъэплъам и жыхьэнмэм къыхэкIыжу къэIэпхъуэжа адыгэхэм я псэр зыгъэхуэбэжыфынур. Апхуэдэу захуэзгъэзэну сыхуейт захуагъэр сыт щыгъуи нэхъ куууэ зыхэзыщIэ ди щIалэгъуалэм. Интернетым и фIыщIэкIэ дэтхэнэ къэхъукъащIэми псори псынщIэ дыдэу щыгъуазэ хъууэ хуежьащ. Ди щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмри а Iэмалхэр къызэрагъэсэбэпыр хъарзынэщ. Абыхэм ящыщ куэдым я гупэр адыгэ хабзэхэм хуагъэзэжащ, анэдэлъхубзэм и къэкIуэнум тогузэвыхь, хабзэ, нэмыс яхэлъу щытыным хущIокъу. КъэкIуэнур зейр фэращ. Ауэ сыт хуэдэ IуэхуфIми зэпIэзэрыту, егупсысауэ, зэраныгъэ къызэримыхьыным ху-щIэкъуу бгъэдыхьэпхъэщ. Ди адэжьхэм жаIащ: «ФIым къимыхьар Iейм къихьыркъым». Фэ фIыуэ къывгурыIуэу щытын хуейщ бэлыхь куэд зытелъа ди лъэпкъым и гугъуехьхэр законым утету, хабзэ пхэлъу фIэкIа зэрыпхудэмыгъэкIынур. Нобэ дэ ди гуапэу дыкIэлъыплъащ ди щIалэгъуалэр Налшык и уэрамхэм зэрырикIуэм. Дэ ди фIэщ мэхъу нобэ дыщIызэхуэсахэм я псэр зэрытщIыгъур. Дэ IупщIу къыдгурыIуэн хуейщ Урысейм ис лъэпкъ псоми пщIэ яхуэщIыным фIы къызэрырикIуэнур. Абы и лъэныкъуэкIэ ди нэхъыжьхэм жэуаплыныгъэшхуэ къабгъэдохуэ. НэгъуэщI къэралхэм щыпсэу ди къуэшхэмрэ ди шыпхъухэмрэ ятеухуауэ псалъэ зыбжанэ жысIэну сыхуейт. Сыт хуэдизу ди жагъуэ мыхъуми, абыхэм псоми я адэжь щIыналъэм къызэрамыгъэзэжыфынур къыдгуроIуэ. НэгъуэщI щIыналъэхэм щызэбгрыдза адыгэ мелуанхэр езыхэр щыпсэу къэралхэм ятолажьэ. Абыхэм адыгэ гъэсэныгъэм и щапхъэ ягъэлъагъуэ. А псоми дэ ди псэм къыбгъэдэкIыу яжыдоIэ: Тхьэр арэзы къыфхухъу. Ди гуапэщ а къэралхэм езыхэм я къуэу, я быну фыкъалъытэну, фи щапхъэхэмкIэ ди лъэпкъым и хьэл нэхъыфIхэр вгъэлъэгъуэну. Дэ, Кавказым ис адыгэхэм, ди къарур хуэдунэтIынщ Кавказ Ищхъэрэм зэпIэзэрытыныгъэр щыгъэбыдэным. Апхуэдэу мамырыгъэр, лъэпкъхэм яку дэлъ зэныбжьэгъугъэр, Урысей къэралыгъуэр гъэбыдэнымкIэ хэкум и тегъэщIапIэу дыщытынщ. Нобэ щыгъуэмрэ гуауэмрэ я махуэщ. Апхуэдэ махуэ дыдэ яIэщ ди къуэш балъкъэрхэм, адрей ди гъунэгъу лъэпкъхэм. Ауэ абыхэм къэщIэрэщIэжыныгъэм и махуэхэри яIэщ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, дэ зэкIэ апхуэдэ гуфIэгъуэ махуэ диIэкъым. Махуищ япэкIэ Мейкъуапэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и гъэзэщIакIуэ комитетым щригъэкIуэкIа зэIущIэм къыщащтащ Адыгэхэм я дунейпсо махуэ гъэувыным теухуа унафэ. БлэкIам и гурыщIэ ткIыбжьым къыдэкIуэу, дэ ди щIалэгъуалэм я псэм хэтлъхьэну дыхуейщ гъащIэми хэкуми я уасэр зыщIэу щыта ди адэжьхэм я псэм и зэфIэкIыр. КъызыхэкIам иригушхуэу, дунейм тет лъэпкъ псоми ящIыгъуу дэтхэнэ адыгэми мы щIылъэм къызэрытехьар игъэлъэпIэну дяпэкIэ Iэмал иIэнущ. Сынывохъуэхъу, си ныбжьэгъу лъапIэхэ, мамыру фыпсэуну икIи ди мурадыфIхэр къыдэхъулIэну.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27904.txt" }
Нобэ Славян тхыбзэмрэ щэнхабзэмрэ я махуэщ Паркхэм я европэпсо махуэщ 1883 гъэм Нью-Йорк къыщызэIуахащ иджы цIэрыIуэ дыдэ хъуа Бруклин лъэмыжыр. Нобель, Ленин саугъэтхэм я лауреат, СССР-м и Къэрал саугъэтхэр зыхуагъэфэща, Социалист Лэжьыгъэм тIэунейрэ и ЛIыхъужь урыс тхакIуэшхуэ Шолохов Михаил къызэралъхурэ илъэси 108-рэ ирокъу. Совет Союзым и ЛIыхъужь Иуан Хьэсэн къызэралъхурэ илъэс 95-рэ ирокъу. Шэрджэс тхакIуэ Анзор Мухьэмэд и ныбжьыр илъэс 73-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 25 — 27-рэ, жэщым градус 19 — 20 щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27906.txt" }
КIапсэ гъуэгур зэхуащIыж КъэбгъэсэбэпынкIэ зэрышынагъуэм къыхэкIыу Зей Iуащхьэм дэкI кIапсэ гъуэгур зэхуэщIыпхъэу къызэрилъытэм теухуауэ Налшык къалэ округым и щIыналъэ администрацэм зыкъыхуигъэзауэ щытащ «Ростехнадзорым» и Кавказ Ищхъэрэ IуэхущIапIэм. 1977 гъэм яукъуэдияуэ щыта а гъуэгур Къэбэрдей-Балъкъэрым и зыужьыныгъэм и дамыгъэ нэхъыщхьэхэм хабжэу илъэс куэдкIэ къекIуэкIащ. Ар республикэм зыщызыгъэпсэхухэм ящыщу нэхъыбэ дыдэ зэкIуалIэ IуэхущIапIэт. Ауэ гъуэгур 1989 гъэ лъандэрэ лэжьэжыркъым. Ар жьы дыдэ хъуащ, кIапсэхэр улъиящ. Абы къыхэкIыу иджыблагъэ Налшык къалэм граждан зыхъумэжыныгъэм и IуэхухэмкIэ, къызэрымыкIуэ щытыкIэхэмкIэ, мафIэсым и шынагъуэр къэмыгъэхъунымкIэ и центрым и IэщIагъэлIхэм я нэIэ щIэту кабинэхэр къыфIахыжащ, кIапсэхэр кърахащ. ЗэкIэ гъуэгум хиубыдэ пкъохэмрэ къикIыпIэ-итIысхьэжыпIэхэмрэ къагъэнащ. Хэт ищIэрэ, Къэбэрдей-Балъкъэрыр зэрыгушхуэу щыта, Зей Iуащхьэм дэкI кIапсэ гъуэгур къэзыгъэщIэрэщIэжыфын инвесторхэр мыгувэу къыкъуэкIынкIэ хъунщ. Щыхьмырзэ Заурбэч.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27909.txt" }
Жыг хэсэ, ныбжьэгъу Дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэным и илъэсым Къэбэрдей-Балъкъэрым щыхуагъэхьэзыра Iуэхугъуэхэм хыхьэу, «Жыг хэсэ» акцэр Лэскэн районым щрагъэкIуэкIащ. Куейм и курыт школхэм я егъэджакIуэхэмрэ еджакIуэхэмрэ жыгей плъыжьым хуэдэу, нэгъуэщIу 300-м щIигъу хасащ. Дунейр уфауэ щытами, нэхъыщIэхэри нэхъыжьхэри гукъыдэж яIэу мы Iуэхум хэтащ. ГъэIэпхъуэнхэр Лэскэн мэз хозяйствэм пщIэншэу къаритащ. Лэскэн муниципальнэ районым и щIыпIэ администрацэм и пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27912.txt" }
«Си хабзэубзыху жэрдэм» КъБР-м и Парламентым и Унэм щагъэлъэпIащ «Си хабзэубзыху жэрдэм» еянэ урысейпсо щIалэгъуалэ зэпеуэм и япэ Iыхьэм къыщыхэжаныкIахэр. Абы и къызэгъэпэщакIуэр УФ-м и Къэрал Думэмрэ «Интеграция» жылагъуэ зэгухьэныгъэмрэщ. Парламентым и унафэщI Чеченов Ануар зэIущIэр къыщызэIуихым жиIащ щIалэгъуалэм я зэфIэкIыр здынэсыр къэпщытэнымкIэ зэпеуэхэр IэмалыфIу зэрыщытыр, арщхьэкIэ илъэс къэс ирагъэкIуэкI апхуэдэ Iуэхугъуэм мы гъэм хэтыну жэрдэм зыщIахэр куэдкIэ зэрынэхъмащIэм зэригъэгузавэр. ЦIыху 40-м я лэжьыгъэхэр къагъэлъэгъуати, абыхэм ящыщу еджапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щIэс щIалэгъуалэ 17-мрэ абыхэм ядэлэжьа щIэныгъэ унафэщI 12-мрэ я цIэ къраIуащ. Япэ увыпIэхэр къэзыхьа ныбжьыщIэхэм ящыщу цIыхуиплIыр зэпеуэм и етIуанэ Iыхьэм хэтынущ. Чеченовым и псалъэхэм къыхигъэщащ зэхьэзэхуэм адэкIэ хэтыну Iэмал зыгъуэтахэм ди республикэр къэралпсо утыкум екIуу къыщагъэлъэгъуэну зэрыщыгугъыр. Парламентым Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и комитетым и унафэщI Дадэ МуIэед псалъэ щратым, къытеувыIащ иджы къагъэлъэгъуа лэжьыгъэхэр бжыгъэкIэ мащIэми, адрей илъэсхэм елъытауэ, я мыхьэнэкIэ нэхъыфI зэрыхъуар. КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Саенкэ Татьянэ къызэхуэсахэр къыхуриджащ 2013 гъэм Хабзэубзыху IэнатIэм къыхилъхьа зэпеуэхэм жыджэру хэтыну. ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ комитетым и Iэтащхьэ Хьэщхъуэжь Татьянэ зи зэфIэкI къэзыгъэлъэгъуа щIалэгъуалэм ехъуэхъуа нэужь, жиIащ гъащIэм къыщыхъухэм ехьэлIа я Iуэху еплъыкIэр ящIэну зэригуапэр. IуэхуфIхэм я жэрдэмщIакIуэу щытыну, абыхэм жыджэру хэтыну къыхуриджащ. Зэпеуэм къыщыхэжаныкIахэм — щIыхь тхылъхэр, абыхэм я унафэщIхэм фIыщIэ тхылъхэр иратащ. ИужькIэ псоми зэгъусэу сурэт зытрагъэхащ. Щомахуэ Залинэ. Сурэтыр Тикаевэ ФатIимэ трихащ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27915.txt" }
Къанокъуэ Арсен: «Сабийхэм я Iуэхур Iэпэдэгъэлэл ящIу здэнукъым» Къанокъуэ Арсен апхуэдэу жиIащ сабийм и хуитыныгъэхэмкIэ уполномоченнэ Iуэгъуз Светланэ щыхуэзам. КъБР-м и Iэтащхьэм щыгъуазэ зищIащ 2012 гъэм КъБР-м сабийм и хуитыныгъэхэмрэ абы и сэбэп зыхэлъхэмрэ зэрыщытетам теухуауэ Iуэгъузым жиIахэм. Къанокъуэ Арсен жиIащ а лэжьыгъэм жэуаплыныгъэшхуэ пылъу къызэрилъытэр икIи а IэнатIэм властым и нэIэ зэпымыууэ тригъэтын зэрыхуейр. Республикэм и Iэтащхьэм къызэрилъытэмкIэ, сабийхэм я хуитыныгъэхэм къащхьэщыжыным пыщIа гугъуехьхэр къыщыкъуэкIам и деж ахэр икIэщIыпIэкIэ гъэзэкIуэжа зэрыхъунум хущIэкъупхъэщ. «Уэ нэхъ мыхьэнэшхуэ зиIэ къулыкъухэм ящыщ зы пIыгъщ. ИкIи уи IэщIагъэкIэ ущыюристкIэ, быни ущиIэкIэ, егъэлеяуэ сабийм укъызэрыщхьэщыжыным ухущIэкъуну си гугъэщ. Абы и лъэныкъуэкIэ властым и органхэм я мызакъуэу, сабийхэр зэрыс унагъуэхэми адэ-анэхэми я деж унэсыну къыппэщытщ», — къыхигъэщхьэхукIащ республикэм и Iэтащхьэм. Iуэгъуз Светланэ жиIащ властым и IэнатIэ псоми сабийм и хуитыныгъэхэмрэ абы и сэбэп зыхэлъхэмрэ къыщхьэщыжыныр, цIыхухэм щIэныгъэ нэс егъэгъуэтыныр, лей зытехьа сабийхэм я хуитыныгъэхэр зэтегъэувэжыныр зыпэрыт IэнатIэм щрагъэкIуэкI лэжьыгъэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм зэращыщыр. Абы къыхигъэщхьэхукIащ КъБР-м законхэр зэрыщагъэзащIэр. Абы и щыхьэтщ цIыхухэми пыухыкIауэ езыхэм я хуитыныгъэхэр дагъэкIыну зэрыхущIэкъур. «Дэ цIыхухэм нэхъыбэрэ дазэрыхуэзэным дыхущIокъу, абы папщIэ къалэхэм, районхэм докIуэ. ПхуэмыгъэзэкIуэжын мыхъумыщIагъэхэм дрихьэлIэркъым. Сабийхэм я Iуэхухэр дэгъэкIыным IэнатIэ псори, абыхэм федеральнэ IэнатIэхэри яхэту, къыхыдошэ. Иужь зэманым дэ цIыхухэм къабгъэдэкIыу лъэIу зэмылIэужьыгъуэу 152-рэ къытIэрыхьащ. Абыхэм ящыщу 100-м япкъ иткIэ зыхуэфащэ Iуэхухэр длэжьащ, сабийхэм я хуитыныгъэхэр зэтедгъэувэжын папщIэ», — жиIащ сабий омбудсменым. Абы зэрыжиIамкIэ, япэ ирагъэщ егъэджэныгъэм, гъэсэныгъэм, медицинэ Iуэхутхьэбзэхэр дэгъэкIыным, сабий зеиншэхэр псэупIэкIэ къызэгъэпэщыным япыщIа Iуэхухэр. Республикэм мымащIэ щалэжь сабий куэд зэрыс унагъуэхэмрэ сабий зиIэ унагъуэхэм ящыщу нэхъ хуэмыщIахэмрэ мылъкукIэ ядэIэпыкъун, школакIуэхэр шхын хуабэкIэ къызэгъэпэщын, медицинэ Iуэхутхьэбзэхэм я фIагъыр къэIэтын я лъэныкъуэкIэ. АбыхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и адрей щIыналъэхэм къакIэрымыхум къыщымынэу, сабий IуэхущIапIэхэр зыхуей хуэгъэзэнымкIэ нэрылъагъуу япэ итщ. Абы и лъэныкъуэкIэ щапхъэу къэбгъэлъагъуэ хъунущ Сабийм и унэу Налшык дэтым и лэжьэкIэр. Ар утыку къыщралъхьащ сабийм и хуитыныгъэхэмкIэ уполномоченнэхэм Уфа къалэм щрагъэкIуэкIа ебланэ съездым. Iуэгъуз Светланэ къыхигъэщхьэхукIащ сабийхэм психологхэм я дэIэпыкъуныгъэ етыным мыхьэнэ хэха зэриIэр. НыбжькIэ зэрыщIалэм къыхэкIыу абыхэм сыт хуэдэ Iуэхури куууэ зыхащIэ. Псом хуэмыдэу цIыкIухэм къатохьэлъэ унагъуэхэм илъ зэгурымыIуэныгъэр, адэ-анэхэр щызэбгъэдэкIыж къызэрыхъур. Апхуэдэ унагъуэхэр IэщIагъэлIхэм я нэIэм щIагъэтын хуейщ. КъБР-м и Iэтащхьэм жиIащ, зэрыщыту къапщтэмэ, сабийм и хуитыныгъэхэмкIэ уполномоченнэм иригъэкIуэкI лэжьыгъэр тэмэму къызэрилъытэр икIи адэкIи нэхъ жыджэру и IэнатIэм бгъэдэтыну къыхуриджащ. «Уэ дэтхэнэ унагъуэми унэсын икIи удэIэпыкъун хуейщ. Мы Iуэхум псори зэхуэдэу тогузэвыхь. Абы къыхэкIыу сыт хуэдэ гугъуехьри и зэманым къыщIэгъэщауэ унафэ тещIыхьыпхъэщ. Апхуэдэу гу лъозгъэтэну сыхуейщ къыббгъэдэхуэ полномочиехэр гъэзэщIэным Iэпэдэгъэлэлу убгъэдыхьэ зэрымыхъунум. Мыгувэу сэ отчет къеIысхынущ балигъ мыхъуахэм я хуитыныгъэхэм къыщхьэщыжынымкIэ законодательствэр гъэзэщIэным пылъ дэтхэнэ ведомствэми и унафэщIым. Сабийм и хуитыныгъэхэр хъумэным Iэпэдэгъэлэлу бгъэдыхьэхэм яхуэздэнукъым», — жиIащ зэIущIэм и кIэухым Къанокъуэ Ар- сен. Сабийм и хуитыныгъэхэмкIэ уполномоченнэм и докладым къыщыгъэлъэгъуа гугъуехь псори дэгъэкIынымкIэ къалэнхэр республикэм и Iэтащхьэм зыхуэфащэ IэнатIэхэм яхуигъэуващ икIи ахэр зэрагъэзащIэм хэхауэ кIэлъыплъынущ. КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27919.txt" }
Зыгъэпсэхугъуэ махуэм Шхыныгъуэхэр Прунж хьэнтхъупс, кIэртIоф хэлъу Прунж лъэсар шыгъу зыхэдза псы къэкъуалъэм хакIутэ зэIащIэурэ. Тхъурымбэр къытрахыурэ дакъикъих-блыкIэ ягъавэ. ЗэпэплIимэ цIыкIуурэ упщIэта кIэртIофыр халъхьэри, зэIащIэурэ зэ къытрагъэкъуалъэ. ИтIанэ мафIэр ирашэх, шыуаныщхьэр трапIэри, зэзэмызэ зэIащIэурэ дакъикъэ 20 — 25-кIэ ягъавэ. Хьэзыр хъуа хьэнтхъупсым бжьын гъэлыбжьа традзэри, шыуаныщхьэр тепIауэ дакъикъитху-хыкIэ щагъэт. Iэнэм пщтыру трагъэувэ, къуэнтхъурей трапхъэри. ЩIакхъуэ е лэкъум дашх. Халъхьэхэр (зы цIыху Iыхьэ): Псыуэ — г 700 Прунжу — г 30 КIэртIоф укъэбзауэ — г 50 Къуэнтхъурейуэ — г 10 Шыгъуу — узыхуейм хуэдиз Бжьын гъэлыбжьам: Тхъууэ — г 20 Бжьын укъэбзауэ — г 20 Шыбжий сыр хьэжауэ — узыхуейм хуэдиз. Щынэл, Iыхьэурэ гъэжьауэ Щынэлыр г 250-300 хъу Iыхьэурэ яупщIатэ е зэпауд къупщхьэр зэрыхэлъу. Тепщэчышхуэм иралъхьэ, шыгъу, шыбжий сыр траудэ, фIыуэ зэIащIэри шыгъур лым хыхьэн щхьэкIэ, и щхьэр тепIауэ дакъикъи 10 — 15-кIэ щIыIапIэм ягъэув. ТебэмкIэ тхъур къагъэплъ, зэпэщIэхауэ абы иралъхьэ лы Iыхьэ шыуахэр, тебащхьэр трапIэжри, мафIэ инкIэ ягъажьэ зы лъэныкъуэр тхъуэплъ дахэ хъуху. Лы Iыхьэхэр зэрагъэдзэкI, IупщIэурэ упщIэта бжьыныщхьэ щIалъхьэ, лы лъабжьэм нэхъ ягъакIуэурэ. МафIэр цIыкIу ящIри, тебащхьэр тепIауэ ягъажьэ, зэзэмызэ зэIащIэурэ. Щынэл жьам мэ гуакIуэ къыхихыу, и теплъэкIи тхъуэплъ дахэу, щабэу, мыгъущэу щытын хуейщ. Тебэм зэрилъу Iэнэм пщтыру трагъэувэ. Дашх пIастэ е мырамысэ хуабэ. Шэ хуабэ трафыхьыж. Халъхьэхэр (цIыхуитI Iыхьэ): Щынэлу — г 600 Тхъууэ — г 100 Бжьыныщхьэ укъэбзауэ — г 150 Шыгъуу, шыбжийуэ — узыхуейм хуэдиз. Къубатий Борис. Щэнхабзэ Къэзан Сэтэней и фондым лэжьэн щIедзэ Москва лэжьэн щыщIидзащ социальнэ, творческэ жэрдэмхэм я «Щэнхабзэмрэ гъащIэмрэ» фондым. Абы и къызэгъэпэщакIуэхэм яхэтщ ди лъэпкъэгъу пща-щэ, уэрэджыIакIуэ цIэры-Iуэ, КъБР-м, КъШР, АР-м щIыхь зиIэ я артисткэ Къэзан Сэтэней. Фондыр къыщIызэIуахар жылагъуэр нэхъ зыгъэпIейтей Iуэхухэр гъэнэIуауэ, ахэр зэфIэхынырщ, и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэр щэнхабзэмрэ егъэджэныгъэмрэщ. Фондым и япэ проектыр лъэпкъ щэнхабзэм я «ЭтноStyle» фестивалырщ. Ар 2013 гъэм и гъэмахуэм Налшык къалэ щекIуэкIынущ. Фестивалым и къалэн нэхъыщхьэр лъэпкъ щэнхабзэр къэгъэщIэрэщIэжынырщ, икIи, къызэгъэпэщакIуэхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, Урысейм ис лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм я зэкъуэтыныгъэм и нэщэнэу увынущ. «ЦIыхур сытым дежи зыхэдэн иIэщ: къэгъэщIын е зэхэкъутэн, — жеIэ Сэтэней. — Экономикэ Iуэхугъуэхэм зыдедгъэхьэхауэ ахъшэкIэ къыпхуэмыщэхун нэхъыщхьэхэм зыхыдогъэкIыж, ахэр зыщыдогъэгъупщэ. Сэри си гъусэхэми ди фIэщ мэхъу лъэпкъыр щыIэным и фIагъыр щэнхабзэм и зэхэлъыкIэм къызэригъэлъагъуэр. Зэи зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым лъэпкъ щэнхабзэм пщIэр, шыIэныгъэр лъабжьэ зэрыхуэхъур. Апхуэдэ лъапIэныгъэхэр хъумэнырщ, къэгъэщIэрэщIэжынырщ фондыр зи ужь итынур. Ар къыщыдэхъулIэнур ди лъэпкъхэм ижь-ижьыж лъандэрэ къадекIуэкI щэнхабзэр иджырей гъащIэм къытхуепхмэщ. Мис а гупсысэращ «ЭтноStyle» проектыр къэзыгъэщIар. Фондым и адрей проектхэр зытеухуар гъащIэм хуэзыгъасэ егъэджэныгъэ егъэкIуэкIынырщ, «Планетэр ди унэщ» экологие программэр пхыгъэкIынырщ. А псоми ди жылагъуэр, псом хуэмыдэу щIалэгъуалэр, къыхэшэныр Iэмал зимыIэщ. Дэтхэнэ щIалэми, хъыджэбзми ищIэн хуейщ мы дунейм къыщIытехьар, жылагъуэм и пащхьэ щихь жэуаплыныгъэр, а цIыхубэм абы къратыфынур зыхуэдизыр. Зи ныбжь хэкIуэтахэм папщIэ фондым егъэхьэзыр «Ещанэ бауэгъуэ» проектыр, абы ипкъ иткIэ, нэхъыжьыIуэхэр нэхъ жыджэру жылагъуэ гъащIэм къыхэша хъунущ. Къэбарт Мирэ. Хъуэхъухэр Налшык къалэ щыпсэу, тхылъ куэд къыдэзыгъэкIа, «Адыгэ псалъэ» газетым къыдэлажьэ публицист Джэдгъэф Аслъэмырзэрэ Урысейм щIыхь зиIэ и дохутыр, мэздэгу адыгэхэм къахэкIа цIыхубз щыпкъэ Жылокъуэ Зинаидэрэ зэрызэдэпсэурэ мы махуэхэм илъэс 60 ирокъури, гуапэу дохъуэхъу ПщIэ зыхуэтщI нэхъыжьыфI Iумахуэхэу адэ, тхьэмадэ, адэшхуэ щыпкъэ, анэ, гуащэ, анэшхуэ гумащIэ! ЗэгурыIуэрэ зэдэIуэжрэ, хабзэрэ нэмысрэ щызекIуэ, зи мафIэр мыужьых унагъуэ лъэщым фрихъумакIуэщи, фызиплъыр жьэгур уардэунэу, фи Iэнэгум берычэтыр щытепщэу, гъащIэм гу щыфхуэрэ абы и IэфIыгъэ псори зыхэфщIэу, фи бынхэм, абыхэм къатепщIыкIыжахэм, фи гукъыдэжыр къэзыIэт фи щIэблэм я насыпым, ехъулIэныгъэхэм фригушхуэу, фызэкъуэту дунейм гу щыфхуэну дынывохъуэхъу. Дахагъэмрэ гуапагъэмрэ фи Iэпэгъуу, фи пщIэр лъагэу илъэс 60 хъуауэ фыкъызэдогъуэгурыкIуэри, гъащIэшхуэ къэвгъэщIэну, псэр зыщIэхъуэпс фIыгъуэмкIэ Тхьэр къыфхуэупсэну ди гуапэщ. «Адыгэ псалъэ» газетым и редакцэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэ. Дзэлыкъуэ куейм хыхьэ Шордакъ къуажэм щыпсэу Дол Пщымахуэ ипхъу Щэрдан Мелыхъан и ныбжьыр илъэс 90 ирокъури, дохъуэхъу Мелыхъан и къуэхэр къыбгъэдэсщ. ПщIэ зыхуэтщI, нэхъыжьыфIым, зыпэтщI щымыIэу фIыуэ тлъагъу анэм, анэшхуэм, нанэм я нэхъ IэфIым уи махуэшхуэмкIэ дынохъуэхъу! Уи гукъыдэжыр мыкIуэщIу, узигуащэ жьэгум и гуфIэгъуэмрэ насыпымрэ уи лъэр щIагъэкI зэпыту, жьыгъэр зыхыумыщIэу, гур зыгъэкIуэщIым упэIэщIэу, ди Iуэху ифI уриплъэу, къаплъэр къохъуапсэу, псэхэлъхьэж утхуэхъуу, удигъуазэрэ дыбгъафIэу, уузыншэу куэдрэ укъытщхьэщытыну ди гуапэщ. Удинэщ, удидыгъэщ, уи псэм и нэхур дэри къыттепщIыкIыжахэми къытхэпсэу Тхьэм утхуигъэпсэу! Уи къуэхэр, нысэхэр, къуэрылъхухэр (27), абыхэм къатепщIыкIыжахэр (30), Щэрданхэ, Долхэ, Iыхьлыхэмрэ благъэхэмрэ. Адыгэбзэм и къару Жэщу сыхьэтыр зым Бодлер Шарль Уэху! Си закъуэщ! УэрамымкIэ иджыри емыкIуэлIэжа гу езэшахэм я Iэуэлъауэ къоIукI. Щэхуу, гупсэхункIи мэхъу, сыхьэт зыбжанэ си Iэрылъхьэщ. Уэху! ЦIыху нэкIухэм къыздахь хьэзабыр IукIуэтащи, иджы сэ езым си фэм дэсхыжым фIэкIа сымышэчыну сыхуитщ. Пшапэ зэхэуэм зыхезгъэлъафэу зызгъэпсэхуми хъунущ иджы. Япэрауэ, IункIыбзэIухыр бжэм тIэу щызогъэкIэрахъуэ. Абы сызэризакъуэр нэхъри зыхызигъащIэу, дуней нэрылъагъумрэ сэрэ дяпэкIэ ди зэхуаку къыдэувэну блынхэр нэхъ лъагэжу къыдрищIеин къысфIощI. ГъащIэ хьэдэгъуэдахэ! Къалэ хьэдэгъуэдахэ! Нобэрей махуэр дигу къэдгъэкIыжынщ. ТхакIуэ гупым сахуэзащ. Языхэз «Урысейм щIылъэкIэ укIуэ хъуну пIэрэ?» жиIэри къызэупщIащ. Абы Урысейр ныджэу къызэфIигъэщI къыщIэкIынщ. Журналым и редакторым си фIэщу седэуащ. Зыгуэр пэздзыжыху «ЦIыху тэмэмхэр апхуэдэущ Iуэхум зэреплъыр» къызжиIэрт. Адрей журналхэр псори зи IэдакъэщIэкIхэр кIэрыху-кIэрыщ защIэщ жыпIэнт. ЦIыху тIощIым щхьэ тэрмэш яхуэсщIащ, абыхэм ящыщу пщыкIутхур игъащIэм сымылъэгъуауэ. Iэлъэ зыIэрыстIэгъэну сигу къэмыкIыххэу, сэлам зэсха къомым я бжыгъэри абы къыкIэрыхуркъым. Уэшх къешхыху зэманыр згъэкIуэн папщIэ, Венерэ и фащэ къыхуэзгупсысыну къызэлъэIуа къэфакIуэ гуэрым сылъыгъуэзащ. «Мыст убгъэдыхьэмэ ущыуэнукъым. Си тхакIуэхэм абы нэхърэ зи жыIэ нэхъ пхыкIи, нэхъ цIэрыIуи, нэхъ акъылынши яхэткъым. Абы гъуэгу гуэр утригъэувэнкIи хъунщ, итIанэ деплъынщ», — жиIэу сыкъыщIэзыгъэувыкIыжа театр унафэщIым сеубзащ. ИгъащIэм сымылэжьа Iуэху мыфэмыцхэмкIэ (хэтыт абы хуейр?) зызгъэщIэгъуащ. СфIэфIыпсу сщIа нэгъуэщI напэтех Iэджэ — утыку сыкъилъэдэн, хабзэр зэIысщIэу цIыхухэр згъэбэлэрыгъын къудей щхьэкIэ сызытегушхуахэр — сышынэри сыбзыщIащ. Ныбжьэгъум зыкIи къыстемыхьэлъэн гуэр пэзубыдащ. ТхьэгъэпцI гъущэр зэрыцIыху пэжымкIэ щыхьэту сыкъэуващ. Куэдкъэ-тIэ ар? И щхьэм щыщIэдзауэ зыхуэарэзы мы дунейм темыт сэ сыту сыхуейт си гуэныхьхэр стемылъыжу жэщ Iэуэлъауэншэм и егъэзыпIэм си гур къыщызэрыгъуэтыжыну. Си нэм и нэхуу щытахэ! Си сатырхэм щызгъэфIахэ! ПсэкIэ зыкъысщIэвгъакъуи мы дунейм и пцIымрэ абы къыщхьэщих бахъэ меймрэ сщхьэщывгъэкIуэт. Уэри, ди Тхьэ, гущIэгъу къысхуэщIи, Уи гугъэ зэрысхыумыхыжар, мы сигу зыщыкIа къомым нэхърэ сызэрымынэхъыкIэр си фIэщ ящIыфу, дахащэу усэ зыбжанэ сыгъэтх. ЗэзыдзэкIар Чэрим Марьянэщ. ГушыIэ ПцIыупс хьэблэ Хьэблэ гуэр щыIэт, жаIэ, дэсхэр зэрыгъэсэжауэ, пцIы яупс фIэкIа пэж къыбжезыIэфын яхэмыту. Абы и хъыбар яхэмыIуэу къэнакъым цIыхухэм. А гъэщIэгъуэныр щызэхихым, «Уэлэхьи, сэ абы зы пэж гуэр къапызмыхауэ сымыувыIэн!» — жиIэри кIуат абы я деж щIалэ гуэр. «Пэжу пIэрэ цIыхум жаIэр, — егупсысырт ар. — Пэж жызыIэ щызмыгъуэтыну ара а щIыпIэм?» Хьэблэм дэсыр къызэхуэсати, яхэупщIыхьащ, мыпхуэдэ Iуэху зэхэзгъэкIыну сыкъэкIуащи, пэжыр къызжефIэ, жиIэри. — Уэлэхьи, тщIэмкIэ дыбдэгуэшэнмэ, — жеIэри я нэхъыжьыIуэр къоув. ЛIыжь цIыкIум хужыIэр жиIэри, иджы уэ уи чэзущ, къригъэкIыу, къыбгъэдэтым хуеплъэкIащ. Адрейми, зимыгъэгувэу, абы къыпищащ. ещанэми, еплIанэми… епщIанэми зыгуэр кърагъэкIуэкI. ХьэщIэм и фIэщ хъун гуэри къыхэкIыртэкъым, шыпсэм хуэдэт зэхих псори. ЖиIэнур имыщIэу яхэплъэрт ар къызэхуэсахэм. Гупым я нэхъыщIэр къопсалъэ: — Уэлэхьи, ди хьэщIэ лъапIэ, уэ пэж лъыхъуэ укъежьауэ арамэ, ди деж апхуэдэ щумыгъуэтыну. Зэман умыгъэкIуэду, кIуэи нэгъуэщI щIыпIэ щылъыхъуэ а уи пэжым. — Уэ къызжепIам нэхъ пэж сыхуэмызэнкIэ тхьэ соIуэ! — жиIэри хьэблэ пцIыупсым я хьэщIэр ежьэжащ. Ар арэзы хъуат: Тхьэ иIуар игъэпэжат — къапихат пцIыупс хьэблэм пэж. Нэхущ Хьэжпагуэ. ЦIыхушхуэхэм ягупсысэхэр Пэжыр жыпIэну тынш? Пэжыр жыпIэну тыншщ икIи гуапэщ. Булгаков Михаил. Лъагъуныгъэр зыгуэр фIыуэ зылъагъу цIыхум нэхърэ нэхъ инщ. Бродский Иосиф. ЦIыхур къэпцIыхун щхьэкIэ, фIыуэ плъагъун хуейщ. Абеляр Пьер. Зэманым текIуар псоми текIуащ. Батист Жан. ГъащIэм гурыфIыгъуэ нэхъ ин дыдэу хэлъыр цIыхухэр къыпхуейуэ зыхэпщIэнырщ. Горький Максим. Щыгум дапщэрэ удэкIми, щыхупIэм урохьэлIэ. Ежи Лец Станислав. Iуэхур зыIутыр къыбгурыIуэмэ, и ныкъуэм нэс зэ-фIэбгъэкIауэ плъытэ хъу-нущ. Фрейд Зигмунд. ФIыгъуэ нэхъ ин дыдэу дунейм тетыр — узэпсэлъэн цIыху уиIэнырщ. Сент-Экзюпери Антуан. Фэ фщIэрэ? Къуалэбзухэм я цIэхэр Красавка — кърупщэфIыцIэ Буревестник — борэнпежьэ, хыбзу Жулан кавказский — къажьыкъцIыкIу Ворон — вынд, вындыжь, вындыржьыч, вындырыч, къуалэжь, къуэныжь. Глухарь — хъунгъэр, бзудэгу, бзыудэгу Иволги семейство — бжэндэхъугъуэжь лъэпкъыр Деряба — бзуупцIэкъуэлэн Дрофа — дудакъ Журавль черный — къруфIыцIэ Зимородок — псыкъуаргъ Канюк кавказский — къашыргъэкъый Малый подорлик — бгъащхъуэжьей, бгъэцIыкIу Огарь — къазплъыфэ Баклан берингий-ский — беринг хыбабыщ Бентамка — джэдзауэрей Унэгуащэхэм папщIэ Кугъуэ хужьыр халъхьэркъым ЩIыIалъэм къыдэпхыжа лыр псым хыумылъхьэу хуэмурэ къэбгъэвыжмэ, нэхъыфIщ. Абы щыгъуэм лым и IэфIыр нэхъ къызэтенэнущ. Бдзэжьейр нэхъ зэпкърымыхуу пхуэгъэжьэнущ, ар хьэкум тебгъэувэным дакъикъи 10 — 15 иIэу шыгъур щыпхуэмэ. Шэр къэбгъэкъуэлъэным и пэ, кIэструлым псы щIыIэ ибгъэжыхьмэ, кIэрисхьэнукъым. КIэртIофыр псынщIэу бгъэвэнумэ, псым маргарин бжэмышх хэплъхьэ хъунущ. Балыджэ фIыцIэм къыхэщIыкIа салатыр нэхъ IэфI хъунущ, сэхуран дагъэкIэ гъэжьа бжьын хэплъхьэмэ. Пхъэщхьэмыщхьэ, хадэхэкI щтахэр къыщагъэвыжкIэ, япэ щIыкIэ псы щIыIэм халъхьэ, сыхьэт зы-тIу дэкIа иужь, абы къыхахыжри, мащIэу шыгъу зыхэдза псым хагъэлъ. Кхъуейр щIыIалъэм дэфлъхьэным и пэ, ар мыгъун папщIэ, тхылъымпIэпсым кIуэцIыфлъхьэ. Кхъуей гъуар шэм хэбгъэлъмэ, щабэ хъужынущ. Лы хьэжам джэдыкIэм и кугъуэ хужьыр халъхьэркъым, абы котлетыр гъущэ икIи быдэ ещI. Псалъэзэблэдз ИхъуреягъкIэ къикIухьу: 13. ЩIалэр … куцIрэ фо цIынэкIэ япIащ. 14. Шызакъуэгу. 15. УпщIэм къыхэщIыкIа, адыгэм зэрахьэу щыта щыгъын щIыIутелъ. 16. Джэрэзыжу мылым къыщагъафэ. 17. ГъущIхэкI, дыщэм нэхърэ нэхъ лъапIэу. 18. Сэхуран, кIэнфет хуэдэхэр иракIутэн папщIэ яшыхьа тхылъымпIэ. 19. Къэушырыба, къэпща. 20. Композитор цIэрыIуэ Темыркъаным, тхакIуэ-усакIуэхэу Къагъырмэсым, IутIыжым, Мэзыхьэм, Джэдгъэфым, Гъэунэм, адыгэ театрым и джэгуакIуэ, ди республикэм и цIыхубэ артист Къэжэрым я цIэхэр зэтохуэ. 21. Дзэм къулыкъу щызыщIэ. 22. Хьэфэ … 23. Уэшхым сыхиубыдэри … сыхъуащ. 24. … зезыхьэ и Iэпэ йобзей. 25. Сауд хьэрыпым и гъунэгъу хьэрып къэрал. 26. ШыщIэ. 27. Олимп зэхьэзэхуэм щытекIуа ди хэкуэгъум Налшык къалэм … зэпэщ къыщратащ. 28. Лы лей зытелъ цIыху. 29. Европэм и къэрал нэхъ зызыужьахэм ящыщ зым и къалащхьэ. 30. НапIэзыпIэ. 31. Зи нэхэр куууэ ис цIыху. 32. ЦIыху … Е ди гъунэгъум и псалъэ … зэхызигъэхащ. 33. ХадэхэкI. 34. Ди щIыналъэм щыIэ район. 35. ЩIымахуэ щыгъын. 36. ЛIыжьым и щхьэм … хуищIыжащ. 37. Псы Iуфэ лъагэ е щыхупIэ. 38. ЦIыхухъуцIэ, ЩоджэнцIыкIу Алий усэбзэкIэ итха романым хэт лIыхъужь. 39. Муслъымэн лъэпкъышхуэ. 40. «Нал … » — КIыщокъуэ Алим и роман. 41. Мэжджытым хэтщ … джапIэ. 42. ЦIыхур а псэущхьэм къытехъукIауэ хуагъэфащэ еджагъэшхуэ куэдым. 43. ХьэщIэ лъапIэм хуаукI Iэщ. 44. Фочышэу къагъэсэбэп бдзапцIэ хъурей цIыкIу. 45. ХадэхэкI. 46. Сабий нэхъ цIыкIухэр джэдум зэреджэ цIэ. 47. Жьы къемыпщэу дунейм и хуабэгъуэ зэман. 48. Пхъэщхьэмыщхьэ гуащIэ цIыкIу. 49. IэмыкIуэлъэмыкIуэ. 50. УэрэджыIакIуэ Iэзэу щыта, Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыхь зиIэ и артист. ( Абы и къуэшым и къуэ МуIэеди макъ гъуэзэджэ зиIэ уэрэджыIакIуэ Iэзэщ). И кумкIэ кIуэуэ: 1. Джэдкъаз. 2. Нартхэм я бжьамияпщэ. 3. Нысэ къэпшар …- щыбын Тхьэм фхуищI. 4. Мыжыжьэ. 5. Композитор, уэрэджыIакIуэ Iэзэу щыта, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ артист. 6. Уэрсэрыжь и фIыгъэкIэ нартхэм ящIа мэкъумэш Iэмэпсымэ. 7. Фадэ гуащIэ. 8. Бдзэжьей лIэужьыгъуэ. 9. Щхьэгъубжэ … 10. Псыежэх. 11. ДжэгуакIуэ цIэрыIуэ … Лашэ. 12. Жыхафэгу. Гу зылъытапхъэ: ихъуреягъкIэ къэзыкIухь псалъэхэм зым и кIэухыр къыкIэлъыкIуэм и щIэдзапIэщ. Щапхъэ: гуэдз- дзэл — лэч. Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ. Накъыгъэм и 18-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр: ЕкIуэкIыу: 7. Тхьэрыкъуэф. 8. Къамылыкъуэ. 10. Къудамэ. 12. Къащтэ. 13. Пщыкъуэ. 17. Къэжэр. 18. Iуащхьэ. 19. Ежьу. 22. Гъуэз. 23. Аму. 25. Чэф. 28. Абазэ. 30. Собэ. 31. Фэнд. 33. Дапхъэ. 36. Гущэ. 38. «Нур». 40. Гупэ. 42. Суд. 44. Мэуэт. 45. Бэракъ. 48. Щхьэзэ. 49. Хьэрып. 51. АдрыщI. 52. Яшэхэмрэ. 54. Шыныбэпх. Къехыу: 1. Щыхь. 2. Мэкъу. 3. Гурымыкъ. 4. Хьэлъкъ. 5. Джатэ. 6. Блыщхьэ. 9. Хъущт. 11. Дыгъужь. 14. Къупхъэ. 15. Бжэм. 16. Къущхьэ. 20. Уэлбанэ. 21. Къута. 22. Гъуанэдэс. 23. Акъ. 24. Уардэ. 25. Чэтэн. 26. Фо. 27. Псы. 29. Гъудэ. 32. Хугу. 34. Пыжь. 35. Хур. 37. Щауэ. 39. Уэркъ. 41. Пхъэхь. 43. Уэзы. 44. Мазэхэ. 46. Къэдабэ. 47. Гъурц. 49. Хьэрэ. 50. ПщылI. 53. Шэд. 55. Пхъужь.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27924.txt" }
Мопассан Ги де и новеллэхэр Дунейпсо литературэм и хъугъуэфIыгъуэхэр КIапсэм и зэранкIэ Тхьэмахуэ хъуамэ, цIыхур гъуэгу тохьэ — ини цIыкIуи, лIыжьи лIыщIи. Бэзэрым зэрохь псори: зым ещэ, зым къещэху. Ошкорн жылэм къахэжыжынт: бэзэрыр зыпищI щыIэкъым. КъимыщэхунуIуами, макIуэ — щытоу, и ныбжьэгъу е и цIыхугъэ гуэр IуощIэри, доуэршэр. Ноби аращ — кIуащ я гъунэгъу жылэм. Арат бэзэрыр щызэхыхьэр. Шэджагъуэм зэхэкIыжащ бэзэрыр — щхьэж и унэ кIуэжащ. Ошкорн епIэщIэкIакъым. Бэзэрым пэмыжыжьэ шхапIэм кIуэну ежьащ. Мопассан Ги де (1850 - 1893) франджы тхакIуэ цIэрыIуэщ. Абы и Iэдакъэ къыщIэкIащ «ГъащIэ», «Ныбжьэгъу щIасэ», «Монт-Ориоль» романхэр, хъыбар, новеллэ куэд дыдэ, литературэм и тхыдэм теухуа тхыгъэ хьэлэмэтхэр. ШхапIэм нэмыс щIыкIэ псы шэд тIэкIу ирихьэлIащ лIыжьыр, абы хэлъ кIапсэ цIыкIур къыIэщIэлъэгъуащ. Къызэрыпщхьэпэжынур пщIэрэ: и кIэнтIыIур узырти, ерагъмыгъуейуэ зригъэзыхри кIапсэ кIапэр къищтащ, илъэщIри и жыпым ирилъхьащ. Уунэхъунумэ, куэдрэ: лIыжьым кIапсэ кIапэр къызэрищтар и нэIуасэ гуэрым илъэгъуащ. Абыи и ныбжьыр хэкIуэтат, тIури щыщIалэм щыгъуэ зэщыIеяти, лIыжьитIыр иджыри къэс зэтеплъэ хъуртэкъым. ФащIэр — Маланденщ жыхуэтIэр — гуфIащ. «Пхуэфащэр уэсщIэнкъэ иджы!» — жиIагъэнщ игукIэ, я унэ бжэщхьэIум здытетым и жагъуэгъу лIыжьым кIапсэ кIапэр къызэрищтэр щилъагъум… Ошкорн шхапIэм здыщIэсым гъуом и макъ къэIуащ: «Жылэ махуэ хъун, зэхэтхакъым жывмыIэ: нышэдибэ бохъшэ кIуэдащ. Фэ бохъшэ фIыцIэ. Франк щитху дэлъщ бохъшэм. Къэзыгъуэтам зремыбзыщI. ЗимыбзыщIмэ, хуэупсэнущ — франк тIощI иратынущ». — Делэ мэлъыхъуэ! — Дэнэ къипхыжын: уи жыпым ихуамэ, упыкIащ! Апхуэдэ псалъэмакъщ шхапIэм щекIуэкIыр. Лыбжьэм къэхьэуэ трафыхьыжынути, абы здыпэплъэм, шхапIэм жандарм фащэкIэ хуэпауэ зы щIалэ кIыхь къыщIыхьащ. ЩIэупщIащ: — Брест щыщ Ошкорн щIэс мыбы? — ЩIэсщ. Сэращ ар,- жиIащ Ошкорн. — Уэрамэ, къэтэджи накIуэ. Тетыр къоджэ, къыпхуейщ. Къэтэджри, щIалэм и ужь иуващ лIыжьыр. Къалэ Iэтащхьэр лIы пшэр быртIымт. НэкIэ ишхын хуэдэу къеплъащ лIыжьым. — Зиусхьэн Ошкорн, Манневиль щыщ Ульбрек гъуэгум щыкIэрыхуа бохъшэр уэ къызэрыпщтар нышэдибэ ялъэгъуащ. ЛIыжьым и дамэр дригъэуеящ: сыт бохъшэ? — Бохъшэ фIыцIэ. — Бохъшэ лъэпкъ сытеплъакъым, — жиIащ лIыжьым. — Укъалъэгъуащ. — Хэт сыкъэзыгъэлъэгъуар? — ФащIэм. Маланденщ жыхуэсIэр. И жагъуэгъум и цIэр щызэхихым, Ошкорн къызэкIуэкIащ, цIыплъ къэхъуащ. — Мы кIапсэ цIыкIур гъуэгум къызэрыщыщтар илъэгъуащ абы. НэгъуэщI илъэгъуакъым, — жиIащ лIыжьым, кIапсэ цIыкIур и жыпым кърихри. Къалэ Iэтащхьэм и щхьэр игъэкIэрэхъуащ. — Маланден пцIы къысхуиупсынукъым. ПщIэ зыхуащI цIыхущ ар, пцIы хэзагъэркъым. А кIапсэр бохъшэ къыфIэщIа уи гугъэ? — Сэри пхуэзупсынукъым пцIы. Тхьэр си щыхьэтщ: кIапсэ кIапэм фIэкI, нэгъуэщI къэсщтакъым. Къалэм и тетым и фIэщ хъуакъым ар. — Ар къудейкъым: бохъшэр уи жып иплъхьа нэужь, шэдым башкIэ ухэIэбэрэбыхьащ, кIэрыхуаIа къыпфIэщIри. Бзэгу къэзыхьари къраджащ. ФащIэмрэ Ошкорнрэ куэдрэ зэдэуащ, къызэрыгъэгубжьащ, Iэжьэгъу щымыIамэ, зызэрадзынкIи хъунт. ФащIэм и лъэIукIэ Ошкорн къащащ — зыри къыкъуахакъым, кIапсэ кIапэм фIэкI. Зыкъомрэ ирахухьри, лIыжьыр къаутIыпщыжащ, Iуэхур прокурорым деж зэрынагъэсынури къыжраIащ. Уэрамым къыдыхьэжащи, хэт хуэзэми, кIапсэ кIапэмрэ бохъшэмрэ я хъыбарыр яхуеIуатэ, арщхьэкIэ зи фIэщ хъу яхилъагъуэркъым хъыбарыр зыхуиIуатэхэм: къоплъ, къыпогуфIыкIри, блокI псори. Я жыли щиIуэтэжащ кIапсэмрэ бохъшэмрэ я хъыбарыр — зи фIэщ хъун къыдэкIакъым я жыли. Жейм езэгъакъым жэщ псом. КъыкIэлъыкIуэ махуэм, шэджагъуэ хъуауэ, фермер гуэрым бохъшэр зейм хуихьыжащ. ЩIалэм зэрыжиIэмкIэ, бохъшэр гъуэгум къыщигъуэтат. Ошкорни зэхихащ бохъшэм и хъыбарыр — ар зейм зэрыIэрыхьэжар. ГуфIэри, ежьащ, жылэм яхыхьауэ яжреIэ: — Бохъшэр сэ къыстралъхьати, пэжыр сэтей къэхъужакъэ! ВжесIатэкъэ лажьэ сызэримыIэр. Си жагъуэ хъуар сыт жыфIэт: пцIы къызэрыстралъхьаращ. ПцIыр си ажалщ. ПцIы къыптралъхьэн нэхърэ нэхъыкIэ сыт щыIэ! Мысэ хъу зэрыпэтар зыжримыIа жылэм къыдинакъым. Жылэри фIэмащIэ хъуащ: гъуэгу тохьэри зрихьэлIэм хуеIуатэ и щхьэм кърикIуар. ШхапIэм щIохьэри, еIуатэ, члисэм къикIыжхэм ярихьэлIакъэ, абыхэми яхуеIуатэ. ЯхуеIуатэ ицIыхухэми имыцIыхухэми. ЯхуиIуатэ щхьэкIэ, и гур загъэркъым. ЩIэмызагъэрщ къыгурымыIуэр. Хъыбарыр зыгуэрым хуиIуэтакъэ, ар къоплъри блокI: «Джаур пцIыпхъыжь». «ИгъащIэми пцIыпхъыжьщ, и жьыщхьи зыхинакъым», — аращ къыхужаIар. Я гъунэгъу къалэми кIуащ, шхапIэм щIыхьэри абы щиIуэтащ и Iуэху къызэрекIуэкIар. Зыми и фIэщ хъуакъым, къыщыдыхьэшха фIэкI: «Джаур пцIыпхъыжь!» — Бохъшэр зейм къигъуэтыжащ, ари фи фIэщ хъунукъэ? — тэмакъкIэщI хъуащ лIыжьыр, абы фIэкIмэ, къыщичынри хэлъщ: сыт я фIэщ щIэмыхъур? Я щIыб къагъазэмэ, къыхужаIэр аращ: — ПцIыупсым и хьэлыр пхузэхегъэнынукъым. КIапсэ кIапэм и хъыбарыр ягу ирихьащ цIыхум: къелъэIуурэ ирагъэIуатэ. Жьэм пщIэ щIатыркъым — и гур хохъуэ, пцIы иупсмэ. Аращ жылэм къыхужаIэр. Езыми шэч къытрихьэ хъуащ хуэм-хуэмурэ: пцIыуэ пIэрэ-тIэ, кIапсэ цIыкIум щIыгъуу бохъши къыхэсхауэ пIэрэ шэдым? Шэч къызэрытрихьарщ игу къеуэр: жылэр къыпщишэмэ, бгым урагъэлъэнкIи мэхъу… Iуэхуншэ Махуэ плIыщIым щIигъуащ ар гъуэгу зэрытетрэ — IэнатIэ хуэхъун лэжьапIэ мэлъыхъуэ. Аращ я унэ къыщIикIар. Илъэс тIощIрэ блырэщ зэрыхъур, Iэчлъэчщ, и хьэл-щэнкIэ дэбгъуэн щыIэкъым, цIыху зэгъщ. ПхъащIэщ и IэщIагъэкIэ. IэпэIэсэщ. Зыгъэлэжьэнщ имыгъуэтыр. ШыпхъуитI иIэщи, хамэм яхуожьыщIэ, яхуопхъанкIэ, яхуолъасэ. Езыращ Iуэхуншэр. Iуэхуншэр мащIэкъым иджы. Насып уиIэмэ, зыгуэрым игу къыпщIэгъунщ. Аращ Рандель зыщыгугъыр. ШыпхъащIэкIэ, нэгъуэщI лэжьыгъэ хуейтэкъым. И щхьэр иужэгъуащ къиджэдыхьурэ. Зыри хуейкъым пхъащIэ: дэнэ щыщIэупщIэми, и кIэн къикIыркъым. ПхъащIэ зыри щыхуэмейкIэ сыт ищIэнт: лэжьыгъэ гуэр бгъуэтыххэмэ, умыщхьэх. Щхьэхакъым Рандель: шыгуху къуэдзи хъуащ, жыг иухъуэнщIащ зыкъомрэ, псыкъуий къезыгъэтIыни ирихьэлIащ, мэзым пхъэхьэш къыщIилъэфащ. Махуэ-махуитIкIэ бжэни игъэхъуащ — зы су къыхуашиймэ, нэгъуэщI япиубыдынутэкъым. Ар имыгъуэтыж хъуащ хуэм-хуэмурэ, и жыпыр нэщIщ, и ныбэри аращ. Факъырэ Iус къыхэх — нэгъуэщI къыхуэнэжакъым. ЯфIэгуэныхь мэхъури, фызыжь гуэрхэр зэзэмызэ къыхуоупсэ. МэжэщIалIэщ Рандель, гущIэгъу къыхуэзыщIыни ирихьэлIэркъым, аращ игу темыхуэр. Бжьыхьэри къэблэгъащи, уэлбанэрилэщ. Вакъэ тIорыкIуэгъуэ къыздрихьэжьати, къиущыхьурэ игъэлэжьащ. ЛъапцIэщ, щыгъыныджэщ. ИгъащIэкIэ къэбущыхьын: и унэ ихьэжын мурад ищIри къигъэкIэрэхъуэжащ. МазэкIэ гъуэгу тетащ. Унэми мазэкIэщ зэрынэсыжынур. Я жылэм нэсыжмэ, зыгуэрым игу къыщIэгъункIэ мэхъу. Хамэ жылэ дэсхэм зыкъыщадзей, дзыхь къыхуащIыркъым — игъэщтащ псори, ара хъунщ я щIыб къыщIыхуагъэзар. Ешащ Рандель, и лъэр ерагъмыгъуейуэщ зэрызэблихыр. Жейр къыщытеуэм, гъуэгу Iуфэм щетIысэхащ. Зэрыхъуари ищIэркъым: уэшх ткIуэпсхэр къытещащэми, щхьэукъуащ. Къыщызэщыужам, нэху щакIэт, бэзэр махуэти, гъуэгум цIыхур тезт — хэт щэхуакIуэщ, хэт сатуущIэщ. ЗылI блэкIырт, мэл зыбгъупщIым я ужь иувауэ. ЛIым зыхуигъэщхъащ Рандель: — Iэпыдзлъэпыдз ухуэмейуэ пIэрэ? Шхын щхьэкIэ солIэ. — Гъуэгум сызыщрихьэлIэ фаджэр Iэпыдзлъэпыдз схуэхъунукъым сэ! — ней-нейуэ къеплъащ лIыр, блэкIри ежьэжащ. Рандель гъуэгу Iуфэм щетIысэхыжащ. БлэкIхэм яхоплъэ: гущIэгъу къыхуэзыщIын яхэт-яхэмыт? ФэфI нэхъ зэпплъ хъун яхилъэгъуащ гъуэгум тетхэм. — МазитI хъуауэ солъыхъуэ сызыгъэлIыщIэн, — зыхуигъэщхъащ Рандель фэфI зриплъам. — СызыгъэлIыщIэн срихьэлIэркъым. IэнатIэ гуэр къысхуэбгъуэтынкIэ сыт ухуэдэ, зиусхьэн? — IэнатIэ згуэшыркъым сэ! — къеплъыххакъым шызакъуэгум ис зиусхьэныр. — СымэжэщIалIэщ, си хьэтыр къэлъагъу. — Зегъэхь! — къыхуилъащ зиусхьэныр. — Сэ мы куейм сриIэтащхьэщ, лъэныкъуэ зумыгъэзмэ, лъэхъуэщым ущIэздзэнщ! — СыщIэдзэ, — гъумэтIымащ Рандель, — лъэхъуэщым зыгуэр щызагъэшхынщ. Зиусхьэныр блэжащ, Рандель гъуэгу Iуфэм щетIысэхыжащ. Сыхьэт ныкъуэ хуэдиз дэкIауэ, щIалэ пащIацитI къыIэщIэлъэгъуащ Рандель: я нэр къытраубыдауэ къыбгъэдокIуатэ. «Си дежщ ахэр къыздэкIуэр, сэращ къалъыхъуэр», — игу къэкIащ пхъащIэм. Хьэтхауэхэр къэсащ. Къэсри къыщхьэщыуващ. — Сыт мыбдеж щыпщIэр? — къыщIэгубжьащ унтер-офицерыр. — СетIысэхауэ зызогъэпсэху. — Дэнэ уздэкIуэр? — Ди жылэ сокIуэж. — Гъуэгу тхылъ пIыгъ? — СIыгъщ. — Мыдэ къащтэт. ПхъащIэм и гъуэгу тхылъыр зэпиплъыхьащ унтерым — дигъуэн игъуэтакъым, итIани ирехухь. — Гъуэгу тхылъым нэмыщI гъуэгупщIэ пIыгъ? — СIыгъкъым. Сыджафэщ. — Сыт-тIэ узэрыпсэур? — КъысхуашийIамэ, аращ сызэрыпсэур. — УолъаIуэри утетщ гъуэгум, аракъэ? — Ардыдэщ. Унтерым и нэр къытриубыдащ пхъащIэм. — Улажьэркъым, упщIантэркъым, уи жыпым зы су илъкъым, къыбоджэдыхьри гъуэгум утетщ — укъуаншэщ. Узэрыкъуаншэм щхьэкIэ узгъэтIысын хуейщ. Си ужь къиувэ. ПхъащIэр къызэфIэуващ, хьэтхауитIым я зэхуаку дэуващ: — Сивдзэ хьэпсым, уэшхым сиуфэнщI нэхърэ нэхъыфIщ. Куейм и Iэтащхьэм деж яшащ пхъащIэр. — Уи кIэр бжыхьым дэпхуэжакъэ иджы! — къыжьэхэплъащ Iэтащхьэр. — БжесIатэкъэ лъэхъуэщым узэрыщIэздзэнур! — СыщIэдзэ. — Факъырэ Iус къыхехри гъуэгум тетщ, къэджэдыхьын фIэкI Iуэху иIэкъым. Аращ щIэзубыдар, — жиIащ хьэтхауэм. ПхъащIэр къащащ — къыкъуахын ягъуэтакъым, и гъуэгу тхылъым фIэкI. Iэтащхьэр Iэнкун къэхъуащ, къеупщIащ: — Нышэдибэ гъуэгум щыпщIар сыт? — Лэжьыгъэ гуэр срихьэлIэн си гугъащ. — Гъуэгуми? — Дэнэ-тIэ сыщылъыхъуэнур? Чыцэра? Iэтащхьэм и нэщхъыр зэхилъхьащ: — Уи жьэр зэтепIэ! — Хьэтхауэхэм яжриIащ: — Жылэм дэфхуи, футIыпщ, и щхьэ зэрыхьщ. Ирикъунщ къызэриджэдыхьар. Фхуемыжьэжмэ, фубэрэжь. ЯIэщIэкIащ. И къару къызэрихькIэ мажэ. Куэдрэ жэфынт: ныбаджэт, мышхэурэ гуащIэмащIэ хъуат. Жылэм дэжауэ, жыг баринэ ирихьэлIэри, жьауэм хэгъуэлъхьащ. Iурихащ. Къыщызэщыужам, хьэтхауэр къыщхьэщытт. — УсIэщIэкIын уи гугъати! — Сыт къызэпщIэнур? — УэсщIэнур къызжаIащ: узубэрэжьынущ! — къилъащ хьэтхауэр. — Сумыубэрэжь. ХеящIэм деж сышэ. Си унафэр хеящIэм ищIынщ. — Уигъэтхъэн уи гугъэ хеящIэм? — къыщIэнэкIащ хьэтхауэр. Хьэтхауэр жьэ мыгъуэ къишхыдыкIауэ къыщIэкIащ: хеящIэм илъэс тIощI къытрикъуэри, лъэхъуэщым иригъэшащ. «Арыншауэ къэджэдыхьын щыбгъэтынукъым уэ», — арагъэнщ хеящIэм зытрищIыхьар. Бжьыдзэ Крикто дилижансыр щежьэн хуейти, цIыхур зэхуэсауэ поплъэ. Шыгуху ныбэкъыр, Орлавиль Сезер, пIащIэркъым — узэхищIыкIын абы! Сытми, заул дэкIауэ, шыгухур хьэщIэщым къыщIэкIащ, и жыпым тхылъымпIэ кърихауэ къоджэ макъыхъукIэ: — Зиусхьэн кюре! ЛIы гъумыщIэ къыбгъэдыхьащ. Домбейщ, плIабгъуэщ, нэкIуплъщ кюрер. Ерагъмыгъуейуэщ дилижансым зэритIысхьар. — Рольбоск-ле-Грине щыщ егъэджакIуэр! ЛIы гъур кIыхь къахэкIащ гупым, абыи зригъэзэгъащ дилижансым. Шыгухур маджэ: — Пуаре! ТIысыпIитI къыплъос! И плIэр ухуауэ, зылI къыбгъэдыхьащ шыгухум. И плIэр щIэухуар пхъэIэщэкIыр зэримыутIыпщырагъэнщ. ИгъащIэм зитхьэщIауэ пщIэнкъым, и жьакIэр иупсын зэрыхуейри щыгъупщэрейщ. И щхьэгъусэри щIыгъущ — фыз гъур лъахъшэр жьауэ удзыфэм къыщIоплъ. — Рабо! Уэри тIысыпIитI къыплъос! — Сэра узэджэр? — щIэупщIащ ар, и фIэщ хъуакъым и цIэр къызэрыраIуар. ПидзыжынIауэ хунэсакъым шыгухур: и фыз пIащэшхуэр къыщыкIуэцIыуэм, дилижансым зридзащ Рабо. — Каниво! Вы хуэдэ пIащэ мэкъумэшыщIэр щитIысхьэм, дилижансыр лъэныкъуабэ хъуащ. — Бельом! — къоджэ шыгухур. Щхьэпэлъагэщ Бельом, лIы гъур кIыхьщ, и тхьэкIумэр бэлътокукIэ иIыгъщ, зэрыгъырнэIум фIэкI, сыт дэбгъуэн? Дилижансым и бжэхэр хуищIыжащ шыгухум, и пIэм зригъэзэгъэжри шыхэм чнутI кIыхькIэ ятеIэбащ. Шищым зрачащ, я нэр абы къыхуимыкIыщэми. Дилижансыр зэщIоскъыскъэ, гущыхуэ Iэджэ щIауэ зымылъэгъуа шэрхъхэр зэрошх. Щымщ псори, кюрем и пащхьэ щискIэ, абы щоукIытэ. Езы кюрем хуэшэчакъым — япэ къыхэзыдзар аращ: жьэрэIурэ гуэр хъунт кюрер. — Уи Iэху сытым тет, Каниво? Дауэ уехъулIэрэ? Кюрем пщIэ хуищI и хабзэт Каниво — тIури зэрыпIащэрагъэнт. ПыгуфIыкIри, жэуап къритащ мэкъумэшыщIэм: — Хъарзынэщ си Iуэхури. Гукъеуэ сиIэкъым. Уэ сыт ухуэдэ? — Сэри сыIейкъым, тхьэм и шыкуркIэ. Уэр-щэ, Пуаре? — Гъавэр щIагъуэкъыми, а зыр сигу къоуэ, — жиIащ Пуаре. — Гъавэ къыпхуэмыхъумэ, ныджэм укъытенауэ аращ. — Сыт пщIэн, зэманыр абы хуэкIуащ, — жиIащ кюрем. — Зэман бзаджэщ, — акъылэгъу хъуащ Рабо и щхьэгъусэ фыз жьэхъур. — Блондель урипхъу си гугъэщ уэ. Хьэмэ сыщыуэрэ? — Ущыуэркъым. Си щхьэгъусэм и унэцIэращ иджы зесхьэр. Рабо аббатым зыхуигъэщхъащ: «Блондель и пхъур зыдэкIуар сэращ», — жиIагъэнщ игукIэ. ЦIыху укIытэхт Рабо, итIани и гуапэ хъуащ и щхьэгъусэр кюрем къызэрицIыхужар. Бельом къэщэIуащ асыхьэтым, и тхьэкIумэри бэлътокукIэ зэриIыгъщ. Мэгурым: «М-м…м-м…м-м…» — Уи дзэр узрэ? — щIэупщIащ кюрер. Гурымын щигъэтри, жэуап къритащ: — Хьэуэ, зиусхьэн кюре. Си дзэрамэ, удэкIуэтэнт. Си тхьэкIумэращ къызэзауэр. — Сыт щIэузыр? Шын ирищIа? — Шын ирищIами иримыщIами сыщыгъуазэкъым. Сызыщыгъуазэр си тхьэкIумэм хьэкIэкхъуэкIэ гуэр зэрипщхьарщ. Хьэмэшым сыщыгъуэлъри сыщыжеяти, аращ щипщхьар. — ХьэкIэкхъуэкIэ жоIэ? Пэж ар? — Пэж зэфэзэщщ! Ипщхьащи, кърешхыкI. Си щхьэ куцIми нэсынкIэ сошынэ, — мэгурым Бельом. Псоми ягу къыщIэгъуащ. Щхьэж игу къэкIар къыжраIэ. Пуаре зэрыжиIамкIэ, Бельом и тхьэкIумэм ипщхьар бэджщ. ЕгъэджакIуэм къэбыстэ хьэпIацIэущ къызэрыфIэщIыр. Ори департаментым илъэсихкIэ щыпсэуащ, абы щыщ гуэрым и тхьэкIумэм къэбыстэ хьэпIацIэ ипщхьауэ зэрыщытар ещIэж: и тхьэкIумэм ипщхьэри и пэмкIэ къикIыжащ хьэпIацIэр. Дэгу сагъро хъуащ абы лъандэрэ, и тхьэкIумэIупсыр хьэпIацIэм ишхати. — Сэ цIывым хузохь, — жиIащ кюрем. Бельом мэгурым, щIичэркъым. — Дыдыдыд мыгъуэ! Си фэр ирихай! ХъумпIэцIэдж си гугъэщ, къызодзакъэ, си тхьэкIумэм зриудыгъуауэ. Мэлъэпхъащэри исщ, бэуапIэ къызитыркъым. — Дохутырым деж укIуа? — щIэупщIащ Каниво. — СыкIуакъым. — Сыт ущIэмыкIуар? Дохутыр Iуэху къыщыхэхуэм, Бельом и гурымыр пичащ, и щхьэр къиIэтащ, и тхьэкIумэр бэлътокукIэ зэриIыгъыу. — СыщIэмыкIуар фщIэркъэ? Зэ укIуэнщ, тIэу укIуэнщ, аргуэрыуи тебгъэзэнщ. УкIуэху къэс ахъшэ ептын хуейщ. Дапщэ тебгъэкIуадэрэ! Фэ ахъшэ фи куэд хъунщ. Сэ ахъшэ зэзэмызэщ сыщытеплъэр. — Дэнэ-тIэ иджы уздежьар? — Гавр сокIуэ. Шамбрелан деж. — Ари хэт? — Iэзэщ. — Хэт и Iэзэ? Сыт и Iэзэгъуэ? — Си адэм къеIэзауэ щытащ ар. Игъэхъужыгъащ. — Уи адэми? — Си адэм. Куэд щIащ абы лъандэрэ. — Сыт къеузар уи адэм? — И кIэнтIыIум игъэбауэртэкъым. — Дауэ зэригъэхъужар? — И бгыр ишытIэурэ игъэхъужащ. СыхьэтитIым и кIуэцIкIэ къызэфIигъэувэжащ. Бельом шэч къытрихьэртэкъым Iэзэр и адэм къызэрытебжами, ауэ ибзыщIащ зи гъусэхэм ящыукIытэри. Дыхьэшхри, Каниво къеупщIащ: — ТхьэкIумэкIыхь ипщхьауэ пIэрэ-тIэ? ТхьэкIумэ гъуанэр езым и гъуэрауэ къыфIэщIагъэнкIэ мэхъу. Сэ пхуэзгъэщтэнщ а назэр! Хьэджафэ макъ зищIащ Каниво — ари сэбэп къыхуэхъуакъым Бельом: мэщэIу, мэгурым. ШхапIэм нэсати, шыгухум шыр къыжьэдикъуащ. — Уи тхьэкIумэм псы идбгъакIэмэ, узыр игъэувыIэнкIэ мэхъу, — жиIащ кюрем. — Сыбгъэунат итIанэ! Дилижансым къикIащ псори, аббатыр Бельом зэреIэзэр зрагъэлъагъун щхьэкIэ. Псы фалъэ кърагъэхьащ, Iэнэм етIысылIа нэужь. Бельом и тхьэкIумэм иплъати, Каниво жиIащ: — ТхьэкIумэр къитхьэщIыкIын хуейщ япэ щIыкIэ. КъыумытхьэщIыкIмэ, шэд ихъухьынурэ тхьэкIумэкIыхьыр хэнэнущ. Бельом и тхьэкIумэр къратхьэщIыкIащ — ижьри сэмэгури. ТхьэкIумэкIыхь ирагъуэтакъым. Абы щыгуфIыкIащ Бельом. И тхьэкIумэр зэратхьэщIа псыр тепщэчым итщ. Абы фIыцIагъэ гуэр хэст, цIыкIунитIэт псым хэс фIыцIагъэр, Iущхьэ жылэ хуэдизт зэрыхъур. ФIыцIагъэм еплъащ псори: бжьыдзэ! Бжьыдзэ ипщхьауэ арат Бельом и тхьэкIумэм, арат бэуапIэ къезымытыр. «Уэху!» жиIэжащ Бельом: лажьэ иIэжкъым и тхьэкIумэм. Дилижансым къафIикIащ Бельом. — Сыт къэхъуар? — Згъэзэжынущ, Гавр щысщIэн щыIэжкъым, — жиIащ Бельом. — Гъуэгу уасэр-щэ? — къеплъащ шыгухур. — Гъуэгур зэхуэдитI итщIыкIауэ аращ. Уасэм и ныкъуэращ уэстынур. — И ныкъуэракъым къызэптынур. Гавр дэлъ гъуэгум и уасэр къызэптынущ. — Гавр нэс сыпшакъым уэ. Гъуэгу уасэм и ныкъуэм фIэкI уэстынукъым, — идакъым Бельом. — Къызэптынущ! — икIуэтыркъым шыгухур. Зызэрадзыну къыщIэкIынт, модрейхэри Iэжьэгъу мыхъуамэ. — Уэстынукъым! — Къызумытмэ, дилижансым уиздзэжынщи, Гавр усшэнщ, — икIуэтыркъым шыгухур. Шыгуху домбейм Бельом щIым къытричащ: — Къызэптрэ? — Уэстынщ, фIыкIэ ушх! — жиIащ Бельом и гум къыщIитхъыу. ИтIани ар нэхъыфIщ, щIыр пэкIэ уагъавэ нэхърэ. ТхьэмыщкIэ И пащIэ-жьакIэр тхъуауэ факъырэ къыщыдихьэлIэм, си гъусэм, Давранш Жозеф, франкитху иритащ. Ар щызгъэщIагъуэм, Жозеф хъыбар сригъэдэIуащ: — ЛIыжь тхьэмыщкIэм зыгуэр сигу къигъэкIыжащи, уезгъэдэIуэнщ. ИгъащIэкIэ сщыгъупщэжынукъым ар, си нэгу щIэт зэпытынущ. Сэ Гавр сыщыщщ. ХуэкъулейкIэ укъыдэджэ хъунутэкъым, тщIэнрэ тшхынрэ дыщымыщIэми. Лэжьыгъэр иухырти, пшапэр зэхэуауэ къекIуэлIэжырт ди адэр. Къилэжь щIагъуэ щыIэтэкъым — дызыкъуэмылIыкIынт. Сэ шыпхъуитI сиIэт. Сигу щIэгъурт ди адэм: и Iэр увыIэртэкъым, етIысэхыртэкъым, зэрыжыпIэнуращи, лэжьыгъэм къыдэхуэртэкъым. Си шыпхъухэр дэрбзэрт, зыгуэрхэр ядурэ бэзэрым щащэрт. Тхьэмахуэ къэс, зыхущIэдгъэхьэрти, кхъухь тедзапIэм дыкIуэрт. Дежьамэ, си шыпхъухэр дяпэ ищырт. Я дэкIуэгъуэ хъуати, ди адэми ди анэми я жагъуэтэкъым цIыху яхыхьэмэ, — уи насыпыр къыщоуэлIэнур дэнэ щыпщIэн?.. Кхъухь илъагъуху, ди адэм жиIэрт: — Мо кхъухьым Жюль къикIыжатэмэ! Хэт ищIэрэ: къикIыжынкIи мэхъу. Ди адэм и къуэшт Жюль. Унагъуэм яхэмызагъэу, и щхьэр ирихьэжьауэ щытащ. Сызэрысабийрэ зэхэсхырт Жюль и хъыбар, си нэгу щIэт зэпытти, сыIуплъамэ, къэсцIыхужын къысфIэщIырт. Америкэращ къыщыщIидзар, и щхьэр ирихьэжьа нэужь. И Iуэху зэрыхъуар зыми тщIэртэкъым, и хъыбари унагъуэм куэдрэ щытIуатэртэкъым. Нэхъ сыкъыдэкIуэтея нэужь, къызгурыIуащ Жюль и цIэр куэдрэ щIрамыIуэр. И пIэ изагъэртэкъым, тепыIэртэкъым, и жыпым ахъшэ иригъэлъынутэкъым — Iисраф ищIынут. Ар хьэл Iейуэ ялъытэ унагъуэ хуэмыщIахэм. Хуэкъулейхэм я Iуэхур щхьэхуэщ: ущIихьэми, ахъшэ Iисраф пщIыми, къэбджэдыхьми, ягу трагъахуэ — къазэрыфIэIуэху щыIэкъым. Дауи щрети, и адэм и мылъкум щыщу къылъысауэ хъуар ирикъухьащ Жюль, зы франки къелакъым. Ди адэм дежи къэсащ — абы и Iыхьэри дигъакIуэ пэтащ, IэщIэмышхыхьыпэ щIыкIэ лъэныкъуэ иригъэзащ армыхъу. А зэманым зэрыхабзэти, Америкэм яутIыпщащ Жюль, Нью-Йорк кIуэ кхъухьым ирагъэтIысхьэри. Америкэм къыщыхутэри, сату Iуэху гуэрхэм хэпщIа хъуащ Жюль, щIэх дыди хъыбар къаригъэщIащ и Iыхьлыхэм: и Iуэхур ефIэкIуэн хуэдэщ, ди адэм фIишхауэ хъуар ипшыныжыну щIэх дыдэ зэрыхузэфIэкIынури ибзыщIакъым. А хъыбарым щыгуфIыкIащ ди унагъуэр. ПщIэ лъэпкъ хуащIыртэкъым нэхъапэм, цIыхум хабжэртэкъым, иджы ягъэIуащ: Жюль хуэдэ бгъуэтынукъым, лIым къызэрилъхуар игъэгъуэщакъым, здэкIуам щызэгъащ, и фIыцIэ щыIуащ Америкэм. Америкэм къикIыжауэ кхъухь гуэр Гавр къесылIати, абы и капитаным къыджиIащ Жюль тыкуэнышхуэ къызэIуихауэ, сатум хэзэгъауэ. ИлъэситI дэкIри, Жюль и къуэшым, ди адэм къыхуитхащ: «Си псэм хуэдэ Филипп! Сэр щхьэкIэ умыгузавэ, уигу умыгъэныкъуэ. Сыузыншэщ, лажьи хъати сиIэкъым. Си Iуэхур ефIакIуэ зэпытщ. Пщэдей сожьэ — Америкэ Ипщэм сокIуэ. ИлъэситI-щыкIэ си хъыбар зэхэвмыхынкIэ хъунщ. Умыгузавэ, сынэмытхэми. Си Iуэхур зэтеувэрэ къулей сыхъумэ, Гавр нэзгъэзэжынущ. Нэзгъэзэжмэ, дытхъэжу дыпсэунщ». Жылэм хэз ящIащ Жюль къитхар. Ди адэр и къуэш лъэрызехьэм, ди анэр хыхьэхэкI зиIэ и пщыкъуэм иропагэ. ИлъэситI-щыкIэкъым, илъэсипщI нейкIэ Жюль и хъыбар къэIуакъым. Ди адэм игу игъэныкъуакъым итIани, ди анэми щIичэркъым: — Жюль къигъэзэжмэ, дытхъэжынущ, зыми дыщыщIэжынукъым. И лъэр щиубыдащ Америкэм, щхьэ фIэтт, зэфIэкI иIэти, аращ жылэм щIахэгъуэщар! Ар псоми яхузэфIэкIыркъым, закъуэтIакъуэщ зыхузэфIэкIыр — Жюль хуэдэхэращ! Гавр кхъухь къесылIэху, ди адэр къытреч: — ДехъулIатэкъэ, си къуэшыжьыр мо кхъухьым къикIыжатэмэ! Ди адэм и нэр щIекъуанцIэри кхъухь тедзапIэмкIэ маплъэ, Жюль кхъухь натIэм къеувэлIауэ къызыфIегъэщIри и гур егъэфI… Си шыпхъуитIым я зым, нэхъыщIэм, щIалэ хъарзынэ гуэр къыщIэупщIащ. ЩIалэм и хъыбарыфI зэхахати, ди адэм зиIэжьакъым: си шыпхъу нэхъыщIэр абы иратащ. ХьэгъуэлIыгъуэр зэфIэкIа нэужь, Джерси хытIыгум зыплъыхьакIуэ дишэн мурад ищIащ ди адэм. Малъхъэ къытхуэхъуа щIалэри зыщIыдгъуащ. Джерси унэсамэ, уигу япэ къэкIыр елыркъэшщ. — Елыркъэш къыфхуэсщэхунщ, — жери ежьащ ди адэр. Къищэхуащ, зэхэуауэ къигъэзэжащ. Елыркъэшыр къезыщар лIыжь гъур тхышэт, и нэкIур зэлъауэ. ЩIызэхэуар къыджиIащ: — Елыркъэшыр къызэзыщар си къуэшым щIезгъэщхьар сщIэркъым. Америкэм зэрыщыIэри и Iуэхур зэрыдэкIри сымыщIатэмэ, си къуэшырауэ фIэкI зэрыпщIэн щыIэтэкъым. Шэч ищIа къудейуэ арами, ди адэр тепыIэжыртэкъыми, Джерси дызэрыкIуа кхъухьым и капитаным еупщIащ: — Елыркъэшыр къызэзыща лIыжьым и хъыбар пщIэуэ пэрэ? КIыхь зригъэщIакъым капитаным: — ЕкIуэлIапIэншэ гуэрщ. Америкэм къыщыспэщIэхуащ нэгъабэ. Франджыщ. СфIэгуэныхь хъури, къэсшэжащ. И благъэ Гавр дэсщ, ауэ якIэлъыкIуэркъым, я щIыхуэ телъщи. Жюльщ и цIэр. СыкъигъэпцIамэ, фыкъызогъэпцIэж: и Iуэху Америкэм щыдэкIауэ къызжиIащ. Иджы фолъагъу къызэрыщIидзыжар: факъырэщ, елыркъэш къиубыдурэ ещэ… Ди адэм къигъэзэжащи, и лъэм иIыгъыжкъым. ЕтIысэхри, и щхьэр къиIэтащ: — БжесIатэкъэ: аращ. Жюльщ. — Сыт тщIэнур-тIэ? ЦIыхум дыкъащIэ хъунукъым. Ди малъхъэм къомыгъэцIыху. Ди адэр зэпкърыхуащ. — СылIэрэ сызэгъэжамэ нэхъыфIт, абы нэхърэ. Дапщэрэ жысIа: а хьэхэбасэм хузэфIэкIын щыIэкъым, къиджэдыхьын фIэкI. Ди пщэдыкъым къыдэтIысхьэжынущ — аращ къызэхьэлъэкIыр, — жиIащ ди анэм. — Сыт насыпыншагъэт! — Елыркъэш уасэр ети, Жозеф хуихьыжынщ. Франкитху къызитащ ди адэм. Елыркъэшыр къыдэзыща лIыжьым хуэсхьащ ахъшэр. — Дапщэ уэстынур? — сеупщIащ лIыжьым. Франкитху IэщIэслъхьащ лIыжьым. Къызэплъа фIэкI, зы псалъи къызжиIакъым. Си адэ къуэшыр, Жюль, абы и ужькIэ зэи слъэгъужакъым, щыхэтри тщIэркъым. Абы лъандэрэ, факъырэ къызихьэлIэмэ, франкитху ест си хабзэщ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27931.txt" }
Си еджапIэ — си къежьапIэ Iуэху еплъыкIэ Лъэпкъым и къэкIуэнур зэлъытар Анэдэлъхубзэр дэтхэнэ лъэпкъми и фIыгъуэ нэхъ лъапIэ дыдэхэм ящыщщ. Аращ зыр адрейм къыщхьэщызыгъэкIыжыр: бзэрщ, хабзэрщ, щэнхабзэрщ. Дуней псом щыцIэрыIуэ еджагъэшхуэ Трубецкой Николай жиIауэ щытащ: «А бзэм (адыгэбзэм) и макъ зэхэлъыкIэр апхуэдизкIэ телъыджэщ, плъыфэбэщи, жьыбгъэ фийр, пщIащэ пылъэлъыжам и щхъыщхъыр, псы уэрым и макъыр, щIым и бэуэкIэр, псыхъуэм хэлъ мывэхэр зэрызэнтIэIур, гу къеуэкIэм и даущыр, къуалэбзум я уэрэдыр, нэгъуэщI куэди зэхыбох абы ущыщIэдэIукIэ. Апхуэдэ макъамэ зэщIэжьыуэр къызэрыбгурыIуэнур зыщ: адыгэхэм я бзэр нэщIысащ дунейм и къэхъугъэ псори кърипIуэтэну. Аращ ар къызэрымыкIуэу зыгъэдэхэжри». Къардэн Раисэ Ди бзэм хузиIэ лъагъуныгъэм къыподжэж а псалъэхэр. Куэдрэ согупсыс дэ а фIыгъуэм «анэдэлъхубзэ» зэрыфIэтщIам. Анэм нэхърэ нэхъ лъапIэ щыщымыIэкIэ, бзэр анэдэлъхуу Тхьэм къыщыдитакIэ, лъэпкъым и дэтхэнэ цIыхуми абы пщIэшхуэ хуищІу, лъагъуныгъэ мыкІуэщІ хуиІэу зэрыщытын хуейр хьэкъщ. Анэбзэращ сабийр псом япэу гъащIэм хэзышэр, дунейр езыгъэцIыхур, гъащIэм дахэрэ IэфIу хэлъыр къезыгъащIэр. Апхуэдэ гупсысэхэр си гъуазэу къыхэсхащ адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэ IэщIагъэр. Илъэс 20-м нэсауэ фIыуэ слъагъу а IэнатIэм сыщыпэрытщ Аруан куейм хыхьэ Къэхъун къуажэм дэт курыт школ №1-м. Дэтхэнэ егъэджакIуэми, псом хуэмыдэу, анэдэлъхубзэр цIыкIухэм езыгъэджхэм, ди къалэн нэхъыщхьэщ щIэблэм хабзэмрэ бзэмрэ я псэм хэлъу, адыгагъэр, цIыхугъэ нэсыр я гъуазэу къэгъэтэджыныр. Дуней псом щыцIэрыIуэ ди лъэпкъ хабзэхэр дахэщ, узыншэщ, узыгъэбжьыфIэщи, а псори ди сабийхэм псэкIэ зыхедгъэщIэн хуейщ. Адыгэхэм диIэщ дызэрыгушхуэ нэхъыжьыфIхэр. Тхыдэм къыхэщыж цIыхушхуэхэм нэмыщI, апхуэдэхэр дэсщ дэтхэнэ жылэми. Ди къуажэми и мащIэкъым зи псалъэ Iущхэм уедаIуэу, щапхъэ зытепх хъун нэхъыжьыфI куэд. Зи гупсысэкIэкIи IуэхущIафэкIи абыхэм яхуэфэщэн щIэблэ къэгъэхъупхъэщ. ГъащIэм щынэхъыщхьэр, щIэныгъэ зэрыритым къыдэкIуэу, абы и зэхэлъыкIэр сабийм къыгурызыгъэIуэф егъэджакIуэм ар и ехъулIэныгъэшхуэу къелъытэ. Сабийм и зэфIэкIым елъытауэ егъэджакIуэм и лэжьыгъэр иубзыхупхъэщ. Си Iуэху зехьэкIэр езгъэфIэкIуэн папщIэ, сэри дерсхэм къыщызогъэсэбэп Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэр. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, сабийм и гупсысэм зезыгъэужь, ахэр Iуэхугъуэ гуэрхэм кIэлъыплъыфу, къахутэфу, зэрагъапщэфу, я еплъыкIэхэр хьэкъыгъэ хэлъу къагъэлъэгъуэфу, къазэрыщыхъуар жаIэфу зыгъасэ технологиещIэхэр. Къэбгъэлъагъуэмэ, «Сабийхэм яIэ критическэ гупсысэкIэм зегъэужьын» технологиер сэбэп мэхъу ныбжьыщIэхэр езыхэм я акъылкIэ тэмэму гупсысэфу, нэгъуэщIым щымыгугъыу, я ныбжьым елъытауэ сыт хуэдэ Iуэхуми жыджэру бгъэдэувэфу, абы екIуу хэтыфу, къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэм я къызэгъэпэщакIуэу щытынымкIэ. ЩIэблэм щIэныгъэ нэсрэ гъэсэныгъэ екIурэ егъэгъуэтынымкIэ апхуэдэ бгъэдыхьэкIэщIэхэр егъэджэныгъэм Iэмал имыIэу къыщыдгъэсэбэпын хуейщ. Ар зэманым къытхуигъэув къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщ зыщ. ЕджакIуэхэр предметым дихьэх къудей мыхъуу, я зэфIэкIми гупсысэми хэпщIыкIыу зрагъэужь а IэмалыщIэхэм. Анэдэлъхубзэм и мызакъуэу, дэ, школым адыгэбзэр щезыгъэджхэм, ди гъэсэнхэм ядыдогъэкIуэкI лъэпкъ хабзэм, щэнхабзэм, тхыдэм теухуа лэжьыгъэ хьэлэмэтхэр. Абыхэм нэхъыбэу тыдоухуэ классщIыб сыхьэтхэр, зэIущIэ зэмылIэужьыгъуэхэр. ЕджакIуэхэм яфIэгъэщIэгъуэнщ апхуэдэ Iуэхугъуэхэри. Ахэр ехьэлIащ темэ зэмылIэужьыгъуэхэм: «Нэхъыжьым хуэфащэщ пщIэ лей», «Анэ, уэ пхуэдэ теткъым дунейм», «Нэмыс здэщымыIэм насып щыIэкъым», «Си Хэку и мывэхэри дыщэщ», «КIуэдыжмэ си адыгэбзэр, хэкIынущ си адыгэпсэр», нэгъуэщIхэми. Мыпхуэдэ классщIыб лэжьыгъэми мыхьэнэшхуэ иIэщ. Абыхэм сабийхэр хуагъасэ гуапагъэм, гу щабагъэм, гулъытэм. Шэч хэмылъу, ахэр йогупсыс: «СлъэкI псори хуэсщIэу пIэрэ си Хэкум, си анэм, ди нэхъыжьхэм?», — жаIэу. Апхуэдэ гупсысэхэр зи псэм щыушэ ныбжьыщIэм и хьэл-щэныр нэхъ екIу мэхъу, и дуней еплъыкIэми фIыкIэ зехъуэж. Псалъэ гъущэ нэхърэ, дауи, нэрылъагъур гум нэхъ къонэ. Анэдэлъхубзэр, зи хабзэр зыджым, анэбзэм и къарур фIыуэ зыхэзыщIэм, щыпсалъэми щытхэми ар Iэрыхуэу зыгъэшэрыуэфым, зи гупсысэр нэгъэсауэ абыкIэ къэзыIуэтэфым и зэхэщIыкIри нэхъ куущ, и акъылри нэхъ жанщ, и дуней тетыкIэри нэхъ дахэщ, и гъащIэри нэхъ къулейщ, езыри нэгъуэщIхэм елъытауэ нэхъ насыпыфIэщ. «Зи бзэр фІыуэ зымылъагъум и Хэкум гулъытэ нэс хуиIэнукъым. Зи бзэр къызыфIэмыIуэху цІыхур мыгъасэщ. Абы и бзэр къыщIыфIэмыIуэхур и лъэпкъым и блэкIари, нобэри, къэкIуэнури зыуи къридзэркъыми аращ», — жиIэгьащ урысей тхакIуэшхуэ Паустовский Константин. Гупсысэшхуэ зыщІэлъ мы псалъэхэр тщымыгъупщэу дыщытын хуейщ дэтхэнэ адыгэри. Абы щыгъуэщ ди къэкIуэнур зэлъытар, ар хъуэпсэгъуэ зыщIыфын щІэблэ узыншэ къыщытщIэхъуэнур. КЪАРДЭН Раисэ, Къэхъун курыт школ №1-м адыгэбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэдж. ЕгъэджакIуэхэм я дэIэпыкъуэгъуу Къашыргъэ ХьэпащIэ и прозэр Адыгэ прозэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа тхакIуэ щэджащэхэм ящыщщ Къашыргъэ ХьэпащIэ. Абы и Iэдакъэм къыщIэкIащ романхэр, повестхэр, рассказхэр, очеркхэр, пьесэхэр. Къашыргъэм щIалэ дыдэу тхэн щIидзащ. Къэунэхуа гъащIэщIэм и гурыгъу-гурыщIэхэр усэ пшыналъэу къэIуащ. Абы и япэ тхылъыр Хэку зауэшхуэм и пэкIэ къыдэкIа «Догъагъэ» усэ сборникырщ. Усыгъэм къыдэкIуэу, а зэманым Къашыргъэм рассказхэри итхыу щIедзэ, ауэ ахэр къыдэкIыу щыхуежьар Хэку зауэшхуэм иужькIэщ. Къашыргъэм и рассказхэм ящыщу япэу хэIущIыIуи цIэрыIуи хъуар «Зы жэщ» жыхуиIэ тхы-гъэрщ. Рассказым къытхуеIуэтэж Хэку зауэшхуэм и зэманым ди хэкуэгъухэм зэрахьа лIыхъужьыгъэр, текIуэныгъэр къэзыхьу къэзыгъэзэжа зауэлIхэм къуажэдэсхэр гуфIэгъуэкIэ зэраIущIар. Мы рассказыр Къашыргъэм зэритхрэ илъэс куэд дэкIа пэтми, абы иIэ пщIэр ноби нэхъ лъахъшэ хъуакъым, ар зауэ зэманым теухуа ди тхыгъэ нэхъыфIхэм ящыщу къонэж. Нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэр къуажэм къыщыдыхьам щыгъуэ зы адыгэ унагъуэм ишэча гугъуехь-бэлы-хьым и гугъу ищIу, тхакIуэм абыкIи къыбгурегъаIуэ лъахэм иса псоми яшэча гугъуехьыр. Сыт хуэдэ гугъуехь хуэмызами, анэм и бынри и щхьэри зэрихъумэжыфын къару къыкъуокI, ауэ зы мэскъалкIи и щхьэр бийм хуигъэщхъыркъым. Рассказым хэт анэм и образымкIэ къэгъэлъэгъуа хъуащ адыгэ бзылъхугъэм и хьэл-щэн нэхъыщхьэхэр. Ар гъащIэр фIыуэ зылъагъу цIыху гуащIафIэщ, абы фIэщхъуныгъэ ин, таучылышхуэ хэлъщ, къару ин бгъэдэлъщ. «Зы жэщ» рассказыр 1945 гъэм «Къэбэрдей» альманахым иту къыдэкIа нэужь, ар псынщIэу цIэрыIуэ хъуащ. Абы зыкъомкIэ игъэгушхуа тхакIуэм прозэм зретыпэ. ИужькIэ дунейм къытохьэ «Зауэм и губгъуэхэм», «ТIасхъэщIэх», «Къэсыжащ», «Дзэлыкъуэ хъупIэм» рассказхэр. Абыхэм IупщIу къагъэлъэгъуащ тхакIуэм и зэфIэкIым зэрыхэхъуар, и гулъытэр нэхъ жан, и псалъэхэр нэхъ шэрыуэ, и бзэр нэхъ щIэщыгъуэ зэрыхъуар. Абы и щыхьэтщ Къашыргъэм художественнэ тхыгъэшхуэхэм зрипщыт зэрыхъуар. Арати, 1957 гъэм «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ Къашыргъэ ХьэпащIэ и «Насыпым и хэкIыпIэ» роман купщIафIэр. Ар тхакIуэм и япэ ехъулIэныгъэ инт. Романым къытхуиIуэтэжыр колхоз гъащIэрщ, къуажэ псэукIэрщ, Хэку зауэшхуэ нэужьым къуажэм щекIуэкIа лэжьыгъэшхуэрщ. Зэманыр гугъут, гъащIэр зэкIэлъымыкIуэт, цIыхухэм я щхьэр зэрахьэрт, хэкIыпIэ гуэрхэр къагъуэтын я мураду. А щытыкIэ хьэлъэр къагъэсэбэпурэ, цIыху щхьэхуещэхэр зэран хъурт, абыхэм езым я щхьэ Iуэхут зэрахуэр, ауэ абыхэм япэувахэри щыIэт. Мис а Iуэхугъуэ псори пэжагъышхуэ хэлъу, гукъинэжу къыщыгъэлъэгъуэжащ «Насыпым и хэкIыпIэ» романым. ТхакIуэм романым образ гъэщIэгъуэн зыбжанэ къыщигъэщIащ. Псом хуэмыдэу тхылъеджэхэм ягу ирихьащ, литературнэ критикэри гуапэу тетхыхьащ лэжьыгъэм и къызэгъэпэщакIуэхэм ящыщ зы Мурат и образым. Ар сыт и лъэныкъуэкIи щапхъэщ. Мурат дэIэпыкъуэгъу нэс къыхуохъу цIыху гу къабзэ, псэ хьэлэл зыбжанэ. Абыхэм ящыщщ Жэмал, Зинэ, Мусэ, Батий, Лолэ, Дзу, Болэ, Батыр, Сурэтхъан сымэ, нэгъуэщIхэри. Абыхэм къадэкIуэу, романым къыщыгъэлъэгъуащ цIыху щхьэхуещэ, къуажэ мылъкумрэ езым еймрэ «зэхэзыгъэгъуащэ» цIыху зыбжани. Апхуэдэхэщ ХьэматI, ТIатIым, Мышэ, Хьэшыр сымэ, нэгъуэщIхэри. Захуагъэмрэ пэжагъымрэ я телъхьэу щыт лэжьакIуэ пашэхэмрэ абыхэм къапэщыт цIыху мыхъумыщIэхэмрэ яку къыдэхъуэ бэнэныгъэр уи фIэщ хъуу къигъэлъэгъуащ тхакIуэм. АбыкIэ дэIэпыкъуэгъу мэхъу романыр зэрытха бзэ шэрыуэр. ТхакIуэм IэкIуэлъакIуэу къигъэсэбэпащ адыгэбзэм и шэрыуагъымрэ и къулеягъымрэ, псалъэ хъуэрхэр, псалъэжьхэр, жыIэкIэ дахэхэр. Романым и бзэр къулейщ эпитетхэмкIэ, метафорэхэмкIэ, зэгъэпщэныгъэхэмкIэ. «Лъапсэ быдэ» романыр Къашыргъэ ХьэпащIэ и етIуанэ тхыгъэшхуэщ, ар 1966 гъэм «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ. ХьэпащIэ романым къыщеIуэтэж Хэку зауэшхуэм и зэманым ди къэралымрэ ди лъахэмрэ щекIуэкIа зауэхэр. Тхыгъэм IупщIу къыхощ бий бзаджэм лIыхъужьыгъэ яхэлъу ебэна цIыхухэр, абыхэм яхэлъа бэшэчагъыр, цIыхугъэ лъагэр, яшэча гугъуехьыр, ахэр ныбжьэгъугъэм хуэпэжу зэрыхущытар. Романым щекIуэкI Iуэхугъуэхэр тхакIуэм къызэриIуатэм гури псэри дехьэх. Гум къонэж тхыгъэм хэт Исмел, Линэ, Назир, Сэрэбий, Уэзырмэс сымэ я образхэри. Романым къиIуатэ Iуэхугъуэ псори гузэвэгъуэ защIэу зэкIэлъыхьащ, абы и идейно-тематическэ, сюжетно-композиционнэ ухуэкIэм удехьэх. Мис а Iуэхугъуэм романыр адыгэ литературэм и тхыгъэ нэхъыфIхэм ящыщщ ещI. Литературнэ критикэми зэриубзыхуащи, «Лъапсэ быдэ» романыр адыгэ тхакIуэхэм Хэку зауэшхуэм траухуахэм я нэхъыфIхэм ящыщщ. Къашыргъэм дежкIэ ар пщIэщ, щIыхьщ. Романыр нэхъри хэIущIыIуи цIэрыIуи хъунымкIэ сэбэп хъуащ ар 1982 гъэм урысыбзэкIэ Москва къызэрыщыдагъэкIар: абы Iэмал къитащ цIыху нэхъыбэ еджэну. Къашыргъэ ХьэпащIэ и прозэ тхыгъэ нэхъыфIхэр щызэхуэхьэса «Бгым я нэгу щIэкIа» тхылъыр 1969 гъэм «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ. Абы хыхьащ «ГуфIапщIэ», «Зы жэщ», «Жьыщхьэ махуэ», «Лъы лъэужь», «Мурад тхьэмыщкIэ» рассказхэмрэ новеллэхэмрэ. Языныкъуэхэр Граждан зауэм, адрейхэр Хэку зауэшхуэм теухуащ. Псалъэм папщIэ, «Жьыщхьэ махуэ» рассказым къытхуеIуэтэж Граждан зауэм и зэманым цIыхубэм зэрихьа лIыхъужьыгъэр, ишэча гугъуехьыр, ар щхьэхуитыныгъэм зэрыщIэбэнар. Рассказым хэт лIыхъужьхэм ящыщ зым — Астемыр — и образкIэ тхакIуэм къигъэлъэгъуащ адыгэ мэкъумэшыщIэм и зэхэщIыкIым зэрызиужьа щIыкIэр, ар революционнэ бэнэныгъэм зэрыхуэкIуар. Рассказым къызэрыхэщымкIэ, Астемыр революционер къудейтэкъым, атIэ щIэблэщIэр щIэныгъэм хуэзыгъэушт, нэхъыжьхэр властыщIэ къэунэхуам дэгъуэгурыкIуэфу хуигъэхьэзырыну хэтт. ТхакIуэм зи гугъу ищI Iуэхугъуэ псори уи фIэщ ещIыф. Бэнэныгъэм зэкъуэш ищIа нэхъыжьыфIхэм я дуней тетыкIэр, я псэукIэр IупщIу ди нэгу къыщIегъэхьэж Къашыргъэм. Лъэпкъым и къуэ пэжхэм, цIыху пэрытхэм къадэкIуэу, мы рассказым къыщыгъэлъэгъуащ цIыху мыхъумыщIэхэри. Ахэр Хьэжы Исмелрэ абы и щхьэгъусэ Къандыщэрэщ. КъуэгъэнапIэм къыдэукIыу Астемыр зыукIар Хьэжы Исмелщ. «ПшэкIухь» романыр Къашыргъэм и ещанэ тхыгъэшхуэщ. Ар 1967 гъэм «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ. Романым къытхуеIуэтэж 1905-1917 гъэхэм ди лъахэм щекIуэкIа Iуэхугъуэхэр, лъэпкъым иригъэкIуэкIа бэнэныгъэр. Тхыгъэм къыщыгъэлъэгъуа Iуэхугъуэхэр Мэзыкъуэ къуажэм, Урысейм и къалэ зыбжанэм, Къэбэрдей щIыналъэм и щIыпIэ куэдым щокIуэкI. Романым хэтщ я ныбжькIи, я IэщIагъэкIи, къызыхэкIа лъэпкъкIи зэхуэмыдэ цIыхухэр. Зэрыхабзэщи, тхыгъэм хэт цIыхухэр гупитIу гуэшащ: тепщэхэмрэ пщылIхэмрэ. Мис а гупитIым яку дэлъа бэнэныгъэм пыщIащ романым щекIуэкI Iуэхугъуэ псори. Романым пкърылъ гупсысэ нэхъыщхьэр щхьэхуит псэукIэмрэ лэжьыгъэ хьэлэлымрэ цIыху гъащIэр зэрыдефIакIуэрщ, зэрыдэбжьыфIэрщ, зэрызыдиужьырщ. Литературнэ критикэм зыбжанэрэ гу зэрылъитащи, Къашыргъэм и тхыгъэхэр мэкъумэшыщIэхэм я гъащIэм нэхъ теухуащ. Ар къызыхэкIыр, дауи, езы тхакIуэм и гъащIэр къуажэм быдэу пыщIауэ къызэрекIуэкIар арагъэнщ. «ГъащIэ лъэужь» повестым тхакIуэм къыщигъэлъэгъуащ къуажэ щIалэгъуалэм я псэукIэмрэ я дуней тетыкIэмрэ. Повестыр 1984 гъэм къыдэкIащ икIи абы тхылъеджэхэр гуапэу IущIауэ щытащ. А зэманым повестыр зэIэпах-зэIэпалъхьэу яджащ. Къашыргъэ ХьэпащIэ и иужьрей тхыгъэщ «ГъащIэр матэщIэдзакъым» романыр. Ар 1988 гъэм «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ. Мы тхыгъэм лъабжьэ хуэхъуащ тхакIуэм и гукъэкIыжхэр. Романыр зэпыщIэныгъэ пыухыкIа зиIэ Iыхьитхуу зэхэлъщ: «Нобэми ящIэж», «Нэм къыфIэнэр гум къонэж», «ФIыгъуэ зи плъапIэм гугъуехь зэпечыр», «Хэкум къеIэмэ, гъащIэр пэщIэдз», «ГъащIэр матэщIэдзакъым». Дэтхэнэ зы Iыхьэми къыщиIуатэр езым и нэгу щIэкIа, ар фIыуэ зыщыгъуазэ, псэкIэ игъэва Iуэхугъуэщ. Апхуэдэ щытыкIэм абы Iэмал кърет зытетхыхь хуэIухуэщIэр нэхъ куууэ икIи нэхъ удихьэхыу къигъэлъэгъуэну, ахэр гурыхь икIи фIэщхъугъуафIэ ищIыну. Ар тхакIуэм Iэзэу игъэIурыщIэ адыгэбзэм и хэкIыпIэщ, абы и шэрыуагъэрщ. Къашыргъэ ХьэпащIэ и прозэр адыгэ литературэм дежкIэ хэлъхьэныгъэ инщ. Абы куэдкIэ къигъэбжьыфIащ ди литературэр. ЕРЖЫБ Аслъэн, педагогикэ щIэныгъэхэм я кандидат. Дэ къытхуатх Гъуэгу техьэ тенэркъым ЕгъэджакIуэ… А псалъэм и мыхьэнэр, щIэлъ гупсысэр куущ. ЕгъэджакIуэм сабийр щIэныгъэ гъуэгум тришэ къудейкъым, атIэ икIи егъасэ, гъащIэм хуеущий, абы и адэ-анэм хуэдэу. КъытщIэхъуэ щIэблэм иIэ зэфIэкIым, бгъэдэлъ щIэныгъэм къэралым и къэкIуэнур щелъытакIэ, а Iуэхухэм нэхъыщхьэ дыдэу хэт егъэджакIуэм и пщэм къыдэхуэ къалэныр зэрыиныр гурыIуэгъуэщ. Ар хьэкъыу пхыкIащ егъэджакIуэ ныбжьыщIэ Былымгъуэт Индирэ. Арагъэнщ фIыуэ илъагъу IэщIагъэм и щэху псори «къитIэщIыну» щIыхущIэкъур. Былымгъуэт Индирэ Индирэ 1981 гъэм Анзорей къуажэм къыщалъхуащ. Табыхъу Хьэзрит и цIэр зэрихьэу абы дэт курыт школ №2-р фIы дыдэу къиухри, КъБКъУ-м и педколледжым щIэтIысхьащ. АбыкIэ къэувыIакъым бзылъхугъэр. ЕгъэджакIуэ IэщIагъэм нэсу хуеджэну мурад зыщIа Индирэ КъБКъУ-м ФилологиемкIэ и институтым урысыбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэм щIэтIысхьащ. Иджыпсту ар 6-нэ курсым щIэсщ, зэреджэм хуэдэурэ икIи мэлажьэ. — Си IэщIагъэмкIэ япэ лъэбакъуэхэр щысчащ ди къуажэм дэт, сэ езым къэзуха школым. ЖыпIэнурамэ, тыншщ икIи гугъущ уи школым щебгъэджэныр. Зы лъэныкъуэмкIэ укъыщеплъмэ, гупыр боцIыху, псори дэIэпыкъуэгъу, чэнджэщэгъу къызэрыпхуэхъунур уощIэри, абы уи лъэр жан ещI. АдреймкIэ укъыщеплъмэ, уэ щIэныгъэ къозыта уи егъэджакIуэхэр умыгъэукIытэу, абыхэм уахуэфащэу, ди лэжьыгъэм хэлъ жэуаплыныгъэр нэсу зыхэпщIэу Iэмал имыIэу ущытын хуейщ. Абы сыхущIокъу, — и гупсысэхэмкIэ къыддогуашэ Индирэ. — ФIыщIэ яхузощI нэхъыжьыфIхэу ТIэш Раисэ, Вэрокъуэ Iэнусэ, Былымгъуэт Лижан, Дол Людмилэ сымэ. Абыхэм я фIыгъэкIэ IэнатIэм щIэхыу хуэIэижь сыхъуащ, си Iуэхухэри зэтеуващ. ЕгъэджакIуэ IэщIагъэм пэрыувагъащIэми, Индирэ и Iуэху зехьэкIэм уи фIэщ ещI и гъэсэнхэр гъуэгу захуэ теувэнымкIэ, щIэныгъэфI егъэгъуэтынымкIэ, хэкупсэ гъэсэныгъэ ябгъэдэлъхьэнымкIэ абы лъэкI къызэримыгъэнэнур. Адыгэ псалъэжьым жеIэ: «Гъуэгу техьэ тенэркъым». ПЩЫХЬЭЩIЭ Хьэмзэт. Шорэ Хьэсин НэгъуэщI гуэрми дэзмылъагъу Теубыдэгъуэу уиIэм хуэдэ НэгъуэщI гуэрми дэзмылъагъу. Дэ уи бынхэм дыхуогъадэ, Утхуохъу адэ, къуэш, ныбжьэгъу. Махуэ къэскIэ уи щIэщыгъуэу Уи щIэныгъэр къытхуогуэш. Ди псэ Iэпэр хуабэу пIыгъыу Таурыхъ гъащIэм дыхыбош. ЕгъэджакIуэ, пщIэуэ пхуэтщIыр СыткIэ уи псэм нэдгъэсын, Ди гур щабэ, дахэ уощIыр, СфIощI щымыIэ пхуэмыщIэн. Сынохъуапсэ, егъэджакIуэ, Уэщхь сыхъуну сэ сыхуейщ. Уи лэжьыгъэр цIыху и уасэщ, ЛъапIэщ уи пщIэр мы дунейм. КъШР-м, Зеикъуэ къуажэ Сабиигъуэ насыпэфIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27937.txt" }
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и жэрдэмхэр Ди газетым зэрытетащи (21.05.13), Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым и зи чэзу зэхуэсыгъуэр накъыгъэм и 18-м Мейкъуапэ щызэхэтащ. Зэхыхьэр къызэIуихащ икIи иригъэкIуэкIащ ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий. Абы кърихьэлIащ АР-м и премьер-министр КъумпIыл Мурат, ХъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ, хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм запыщIэнымкIэ къэрал комитетым и тхьэмадэ Щхьэлахъуэ Аскэр, щэнхабзэмкIэ министр Къул Мухьэмэд, Адыгейм ис нэхъыжьхэм я советым и тхьэмадэ Хъунэгу Чэтиб, филологие щIэныгъэхэм я доктор, АКъУ-м и профессор ШащIэ-Ергъукъу Шамсэт, Адыгейм и щIэныгъэ-къэхутакIуэ инс-титутым и унафэщI Бырсыр Батырбий сымэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу зэIущIэм ирагъэблэгъащ КъБР-м хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэм ядэлэжьэнымкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин, ДАХ-м деж щыIэ ЧэнджэщакIуэ советым и унафэщI Нэхущ Заурбий, КъБКъУ-м и профессор Дзэмыхь Къасболэт, Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ къэхутакIуэ институтым и лэжьакIуэ Хъуажь Фахъри, «Хэку» обществэм и тхьэмадэ НэкIацэ Владимир, Сирием къикIыжауэ Налшык щыпсэу Къущхьэ Надим сымэ, нэгъуэщIхэри. Сэхъурокъуэ Хьэутий зэIущIэр къызэIуихри, иджыпсту куэд зыгъэпIейтей, Сирием бэлыхь щыхэхуа ди къуэшхэм я щхьэ къарикIуам зэригъэгумэщIыр, адыгэ зыдэс жылитI зэрызэтра-къутар къызэхуэсахэм ягу къигъэкIыжри, хэкIуэдахэм псори зы дакъикъэкIэ яхуэщыгъуащ. ЗэIущIэм хэтхэм фIэхъус псалъэкIэ захуигъэзащ АР-м и премьер-министр КъумпIыл Мурат икIи я мурадхэр къайхъулIэну, къаIэтыну упщIэхэм я хэкIыпIэхэр тыншу зэдаубзыхуну ехъуэхъуащ. — Ди республикэм и унафэщIхэмрэ хасэмрэ сыт щыгъуи тыншу зэдолажьэ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, а тIури зи ужь итыр зы Iуэхущ. ЗэкIэ гугъуехь псоми дапэлъэщу жысIэфынукъым, ауэ ди Iэр къызыпекIуэкI псори хуэмурэ зыдогъэхъулIэ. Дунейпсо Адыгэ Хасэм сыт хуэдэ лэ-жьыгъэ кърихьэжьэми, лъэпкъым и сэбэпынагъ хэлъщи, сыт щыгъуи вдэтIыгъынущ, дыфкъуэтынущ. УнафэщIым и псалъэхэм къыпищэу хьэщIэхэм захуигъэзащ Хъунэгу Чэтиб. Абы жиIащ адыгэ лъэпкъым нобэкIэ къыхуэна фIыгъуэр щызыгъэIэри, дяпэкIэ щигъэIэн зылъэкIынури хасэр зэрыарар, апхуэдэуи къыхигъэщащ Сирием щыпсэу адыгэхэр хэкум къэшэжынымкIэ, а Iуэхур унафэщIхэм я деж нэгъэсэнымкIэ ДАХ-м зэрыщыгугъыр. Зэкъуэш республикищым ис адыгэхэм я бзэр зэрызэтемыхуэр игу зэрыримыхьыр, ар зы щIынымкIэ лэжьыгъэ убгъуа иригъэкIуэкIыну Хасэшхуэм зэрыщыгугъыр къыхигъэщащ нэхъыжьыфIым. ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэм махуэм зэрылэжьэну щIыкIэмрэ къаIэтыну Iуэхугъуэхэмрэ яубзыхуу IэIэткIэ къащта нэужь, IX Конгрессыр зэрекIуэкIрэ ДАХ-м илэжьа Iуэхухэм теухуа видеофильм кIэщI къагъэлъэгъуащ. Япэу псалъэ иратащ бысым хасэм и тхьэмадэ Бэгъущэ Iэдэм. Ар тепсэлъыхьащ зи унафэщI хасэм блэкIа пIалъэм зэфIигъэкIахэмрэ лъэпкъ Iуэхур и пэкIэ кIуэтэн папщIэ щIапхъэу къилъытэхэмрэ. — БлэкIа илъэсым зэфIэдгъэкIа лэжьыгъэхэр зыхуэдэмкIэ къыщIэздзэну сыхуейщ си псалъэмакъыр. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ди Iуэху зехьэкIэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэтлъхьащ, апхуэдэуи Iуэхугъуэ куэд къызэщIэзыубыдэ къалэнхэм иужь дитащ, — жиIащ Бэгъущэм. — Дызыхэплъэж пIалъэм къриубыдэу дэ хабзэщIэ куэд къэтщтащ, илъэс зыбжанэ и пэкIэ зэрыщытам темыхуэу. Псом япэрауэ, лъэпкъым ехьэлIауэ щIэн хуейхэм ящыщу япэ игъэщыпхъэхэр дгъэнэIуащ. А къалэнхэр ягъэзэщIэн папщIэ хасэм хэдгъэхьащ цIыху зэпIэзэрытхэр, щIэныгъэлIхэр, къэрал къулыкъум пэрыта, министру щыта ди нэхъыжьыфIхэр. Мыбы хэтын хуейр лъэпкъым и гъуэгур зыгъэлъэгъуэфынщ, апхуэдэ акъыл, гулъытэ, къару уимыIэмэ, щыпщIэн щыIэкъым. Къыхэгъэщыпхъэщ хасэр парламентым хуэдэу лажьэу зэрызэтедублар. Дгъэнэхуа Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм ди гъусэу елэжьын хуейщ властми, хабзэхъумэ IэнатIэхэми я лэжьакIуэхэр. Абыхэмрэ дэрэ дызэдэлэжьэн, дызэкъуэтын, зы бзэ къызэдэдгъуэтыныр Iэмал зимыIэщ. Адыгэ бэракъым и махуэр хуабжьу Iэтауэ дгъэлъэпIащ, — къыпещэ адэкIэ Бэгъущэ Iэдэм. — Къэрал къулыкъущIэхэри, IэнатIэ зэхуэмыдэхэм пэрытхэри, цIыхубэри зэхыхьэри, махуэр дахэу екIуэкIащ, уеблэмэ, къэзакъхэри, тэтэрхэри, алыджхэри ди хьэщIэу, къытхуэгушхуэу къытхэтащ. Апхуэдэ дыдэу фащэм и махуэр къыщызэдгъэпэщми, къэзакъхэм я фащэу къалъытэ хъуа щыгъын екIум и къекIуэкIыкIамрэ ар зей лъэпкъымрэ дгъэлъагъуэу дыдэтащ. Абы щыгъуэ- ми къэзакъхэм фIыщIэ къытхуащIащ, ящыгъ фащэр къыздикIар къазэрыгурыIуар жаIащ. КъищынэмыщIауэ, Краснодар крайм и тхыдэр сабийхэм щрагъэджкIэ, зы псалъи адыгэхэм ятеухуауэ жраIэу щытакъым, Урысей Ипщэм и щIыпIэхэм, псыхъуэхэм, къалэхэм адыгэцIэ зэрахьэрэ пэт. Иджы мы илъэс зытIум ирагъэджу къызэраублам ди фIыгъи хэлъщ. ЗыдгъэгусэкIэ, зыгуэрхэм дапэувкIэ къызэримыкIынуIар къыдгурыIуэри, къэзакъ, славян жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм дадэлажьэу дублащ. БлэкIа илъэсым къриубыдэу щIэныгъэрылажьэхэр, бзэм нэхъ елэжьхэр хэту зэIущIи 10-м нэблагъэ едгъэ- кIуэкIащ бзэр лэжьэн, хъума хъун папщIэ. Мыбы псори дызэрыIыгъыу иужь дитын хуейщ. Сэ сызэреплъымкIэ, республикищым щытрах нэтынхэмкIэ нэхъ щIэх-щIэхыурэ дызэхъуажэу, ди театрхэр зэкIэлъыкIуэу щытыпхъэщ. Ди республикэхэри, адыгэ щыпсэу хамэ щIыпIэхэри унэтIыныгъэ псомкIи дызэпхауэ щытмэ сфIэигъуэщ. Псалъэм папщIэ, хуабжьу сэбэп мэхъу ди сабийхэр нэгъуэщI адыгэ щIыгухэм дгъакIуэурэ зэрызедгъэгъэпсэхур. Абы мыхьэнэшхуэ иIэу къызолъытэ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, тхьэмахуитI нэхъ мыхъуми, зэгъуса ныбжьыщIэхэр зэгъунэгъу зэхуохъу, бзэм и диалектхэр зрагъащIэ, иужькIэ ИнтернеткIэ зэрощIэ. Си щхьэкIэ сыкъапщтэмэ, сыстуденту зы илъэскIэ къэбэрдей щIалэ си гъусати, къэбэрдеибзэр къызгурыIуэу сыхъуащ. Дэ дыхуейщ абы теухуа программэ хэха ди унафэщIхэм къедгъэщтэну. Бэгъущэм жиIащ АР-м и хасэм хыхьэу нэхъыжьхэм я совет зэрызыхашар, къэрал къу- лыкъущIапIэхэм я лIыкIуэхэри щIэсу тхьэмахуэм зэ зэIущIэ зэрырагъэкIуэкIыр, зи ужь ит Iуэхухэр я хэгъуэгум и Iэтащхьэхэм къазэрыгурыIуэр, зэрызыкъыщIагъакъуэр. АдэкIэ псалъэ зрата ДАХ-м и тхьэмадэм и япэ къуэдзэ Къэжэр Артур убгъуауэ тепсэлъыхьащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупыр 2013 — 2015 гъэхэм зэлэжьыну Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм. — ДАХ-р зэрылэжьэну планыр зэкIэ хуэгъэфэщауэ зэхэтлъхьащ, абы щIыдгъужынущ комитети 10-м къагъэлъагъуэхэр, — жиIащ Артур. — Ди лэжьыгъэр нэщIыса щыхъунур лъэпкъым и гугъуехь нэхъыщхьэхэм елэжьыну дубзыхуа комитетхэр купщIафIэу лажьэмэщ. Абыхэм яхэтщ Хэхэс адыгэхэр адэжь щIыналъэм къэшэжынымкIэ; Анэдэлъхубзэр хъумэнымрэ зыуэ щыт адыгэ алыфбей зэхэлъхьэнымкIэ; Къэрал IуэхущIапIэхэмрэ дунейпсо зэгухьэныгъэхэмрэ ядэлэжьэнымкIэ; Урысеймрэ адрей къэралхэмрэ щыIэ адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лэжьыгъэр зэуIу щIынымкIэ гупхэр, нэгъуэщIхэри. Къэбгъэлъагъуэмэ, ди лэжьыгъэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэр хабзэр, бзэр, щэнхабзэр хъумэнырщ. Хабзэ зэрыхъуам тету, ДАХ-м гъэ къэс ирегъэкIуэкI анэдэлъхубзэр хъума хъуным теухуа щIэныгъэ конференц, мы гъэм ар Тыркум щекIуэкIынущ. 2014 гъэм и гугъу пщIымэ, Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 150-рэ зэрырикъур адыгэ щIыгухэм щегъэкIуэкIыныр зыхуей хуэзэу къызэдгъэпэщын хуейщ. Сыт хуэдэ Iуэху къепхьэжьэми, фэ зэрыфщIэщи, мылъку токIуадэ. Абы ипкъ иткIэ, ди комитетхэр щхьэж зи ужь итым теухуауэ проектхэр ягъэхьэзырурэ, Урысейм щыIэ фондхэм ирагъэкIуэкI зэпеуэхэм хэтурэ, грантхэр къахьмэ, хъарзынэт. Гулъытэ нэхъ зыхуэщIыпхъэхэм ящыщщ ди щIалэгъуалэр. Абыхэмрэ нэхъыжьхэмрэ щызэгурымыIуэ куэдрэ къызэрыхъум къыхэкIыу, сэ къызолъытэ щIэх-щIэхыурэ яхыхьэн, яхуэзэн, ядэуэршэрын хуейуэ, я гурыгъухэр зэдгъащIэу абыхэм ятеухуа лэжьыгъи едгъэкIуэкIыпхъэу. ЩIалэгъуалэр яубу куэдрэ урохьэлIэ, ауэ иджыпсту дуней псор зэпызыщIэ Интернетым укIэлъыплъмэ, абыхэм яхэтщ гупсысэ купщIафIэхэр къэзыIуатэ, зи лъэпкъым и къэкIуэнум игъэпIейтей, абы папщIэ Iуэху щхьэпэ зэфIигъэкIыну хьэзырхэри. Хамэ къэрал щыщ ди лъэпкъэгъухэм я щIэблэр нэхъыбэу ди республикэхэм къакIуэурэ щеджэу зэтеублэнри фIыгъуэшхуэт. Абы папщIэ Урысейм квотэ мымащIэ къыдет, ауэ ахэр мин бжыгъэкIэ къатшэурэ щIедмыгъаджэм и щхьэусы- гъуэр къысхуэщIэркъым. Пэжщ, къэпшэжкIэ, псэупIэ ягъуэтынымкIэ уадэIэпыкъукIэ зэфIэкIыркъым, атIэ хэкум зэрыщыпсэуфын, хэкурысхэм зэрахэзэгъэн Iэмалхэр къахузэгъэпэщын хуейщ. ДАХ-м и лэжьыгъэм щIэуэ хэлъхьапхъэхэм я гугъу щищIым Къэжэрым къыхигъэщащ Сирием щыхэхэс адыгэхэм ядэIэпыкъунымкIэ комитет щхьэхуэ къызэIухыныр, ДАХ-м деж щыIэ ЩIалэгъуалэ совет къызэгъэпэщын хуейуэ къызэрилъытэр. Кавказ зауэшхуэр зэриухрэ илъэси 150-рэ щрикъум ирихьэлIэу екIуэкIыну Iуэхугъуэхэр убзыхуным теухуауэ къэпсэлъащ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. — Мы Iуэхум теухуауэ КъАХ-м зэхилъхьа планыр Iуэхугъуэ 29-рэ хъурти, «Адыгэ лъэпкъым и тхыдэм теухуахэр» тхылъыр къызэрыдэкIрэ илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу Къудащ Елбэздыкъуэ и фэеплъ зэIущIэхэр егъэкIуэкIыныр дыщIыдгъужащ, — жиIащ абы. Къэбэрдей Адыгэ Хасэм зэхилъхьа планым хохьэ тхылъхэр, альбомхэр, махуэгъэпсхэр, сборникхэр, журналхэр къыдэгъэкIыныр, телевиденэхэм, радиом, газетхэм а Iуэхум теухуауэ нэтынхэр, тхыгъэхэр ягъэхьэзырыныр, спектаклхэр гъэувыныр, докумен-тальнэ фильм техыныр, «Черкесское зарубежье» музейр къызэIухыныр, нэгъуэщIхэри. Абыхэм Адыгейм я Хасэм игъэхьэзырахэри дыщIагъужынурэ 2013 — 2014 гъэхэм елэжьынущ. СХьР-м къикIыжауэ Налшык щыпсэу, Сирием щылажьэ Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и лIыкIуэ Къущхьэ Надим къызэхуэсахэр щигъэгъуэзащ иджыпсту зауэ щекIуэкI къэралым ис адыгэхэм я Iуэху зыIутым. — Сирием нобэ къыщекIуэкI Iуэхугъуэхэм фэ фIыуэ фыщыгъуазэщ, — къыщIидзащ абы. — Гузэвэгъуэ хэхуа ди къуэшхэм я щхьэм кърикIуам нобэрей зэхуэсым нэхъ убгъуауэ фыщытепсэлъыхьыну, адэкIи фазэрыдэIэпыкъуфыну Iэмалхэр наIуэу къэвгъэлъэгъуэну къывэлъэIужащ сызилIыкIуэ гупыр. А зауэр дэ тхуэгъэувыIэнукъым, ар къэралышхуэхэм я зэхуаку къыдэхъуа зэгурымыIуэныгъэщ. Дэ ди къарур здэдунэтIын хуейр ди адыгэ тIэкIур хамыукIыхьу, Iуэху фIейхэм хамы- лъафэу къэтхъумэныр аращ. НобэкIэ дэ тщыщ цIыхуи 111-рэ хэкIуэдащ зэрыхьзэрийм, уIэгъэ щыхъуахэр нэхъыбэжщ. Унагъуэ мини 4-м щIигъу Дамаск Iэпхъуащ, нэгъуэщI къэралхэм кIуахэри яхэтщ. Дэнэ щыпсэу адыгэри къызэщIэгъэуIуауэ ди къуэшхэм дадэIэпыкъун хуейщ. Апхуэдэ гущIэгъу зэрытхэлъым и щапхъэщ адыгэхэр Косовэ кърашыжу Махуэхьэблэ зэрыдагъэтIысхьар, Абхъазым зауэ къыщыхъеям ди лъэпкъэгъухэр зэщIэтэджауэ зэрыщытар. Нэгъабэ лъандэрэ хэкум зыкъом къэIэпхъуэжащ, Сирием къикIыжри. Абыхэм фIыщIэшхуэ хуащI КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен, Адыгейми къыхуэарэзыщ, Тыркум ис ди къуэшхэми зрашэлIащ, ауэ абыкIэ псори къегъэла хъунукъым. Сирием мини 100-м щIигъу адыгэу исщ. Абыхэм къагуроIуэ я Iуэхур тэрэзу зэфIэкIын папщIэ фи Iэр псоми къызэрыпемыкIуэкIыр. Абы ипкъ иткIэ, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэми, хэгъуэгу Iэтащхьэхэми, Урысейм и Къэрал Думэм щылажьэ ди лъэпкъэгъухэми зы жьэу жаIэу УФ-м и УнафэщIым деж нагъэсын хуейщ адыгэ Iуэхур. Адыгэм и макъ мы дунейм щысIэтыну хуабжьу къызэлъэIуахэщ гузэвэгъуэ хэхуа ди къуэшхэр. Акъыл, ерыщагъ, зэфIэкI хэдвгъалъхьи дадэвгъэIэпыкъу! Апхуэдэ псалъэхэр къызыхэщ, цIыхухэр мы Iуэхум къешэлIэным, зы сом нэхъ мыхъуми халъхьэным теухуа джэ макъ зэрагъэхьэзырар жиIащ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. Сирием къикIыжу Къэбэрдейм къэIэпхъуэжахэм я Iуэху зыIутым кIэщIу къызэхуэсахэр щигъэгъуэзащ Сэхъурокъуэ Хьэутий. Абы къыхигъэщащ унагъуэ 20-м щIигъум унэлъапсэ къыхуащэхуауэ зэрыпсэур, КъБР-м и Iэтащхьэм и унафэкIэ дяпэкIэ унагъуэ 53-м унэхэр къызэрыхуалъыхъуэр. — Ди районхэм щыпсэу лъэпкъхэм яхэдгъэтIысхьэжын мурад диIати, ди жагъуэ зэрыхъущи, къэбэрдейм щымыщ унэцIэхэри яхэтщ, — жиIащ Сэхъурокъуэм. — Нэхъ тыншу щыпсэун щIыпIэхэр къыхуалъыхъуэурэ ягъэтIыс. А Iуэхур зэкIэлъыгъэкIуауэ зэрекIуэкIым кIэлъыплъу КъБР-м и Правительствэм деж комиссэ щхьэхуэ щолажьэ. Абы къащта унафэхэм ящыщщ накъыгъэ мазэм, къыкIэлъыкIуэ мазэм еплъу, зыгуэркIэ унагъуэ псори псэупIэкIэ къызэрамыгъэпэщыфмэ, район тхьэмадэхэм къалэн щащIу унэ тхурытху-хырых я куейм къыщыхурагъэщэхуну. Пэжщ, нобэкIэ дызы-хуей псори яхуэтщIэфыркъым, дызыхуей псори Урысейм къытхуищIэфыркъым, ауэ а Iуэхур кIуэтэн щхьэкIэ тлъэкI къэдгъанэркъым. Нэхъ псынщIэу Iуэхур зэрыкIуэтэну Iэмалхэр фщIэмэ, чэнджэщ фиIэмэ, нобэ утыку къифлъхьэну сыныволъэIу. — Сирием щыIэхэм я закъуэкъым, адыгэ псори гуIэгъуэ дыхэхуауэ къызолъытэ, — къыпищащ псалъэмакъым Адэмокъуэ Альберт. — Сыт хуэдэ Iуэхури егъэтIылъэкIауэ Щам щыпсэу ди къуэшхэр гузэвэгъуэм къыхэшыным деужьэрэкIын хуейщ. Къэрэшей-Шэрджэсым цIыху 41-рэ нэIэпхъуащ, абыхэми я тхылъхэр зэрымыхьэзырым гугъу ирегъэхь. Сэ къыхызолъхьэ ди къэралым и цIыхуу къэкIуэжхэм папщIэ унафэ пыухыкIа Урысейм къегъэщтэным егугъун зэрыхуейр, Къэрал Думэм и депутатхэм адыгэхэм къабгъэдэкIыу зэрызахуэдгъэзапхъэр. Нэхъ псынщIэу, IупщIу дызэхахын щхьэкIэ, ди хэгъуэгухэм я лIыкIуэу Думэм щылажьэхэр, УФ-м и Правительствэм, Президентым и Администрацэм я лIыкIуэхэр, сенаторхэр, уеблэмэ, Путин Владимири яхэту, къедгъэблагъэу Москва зэхуэсышхуэ щедгъэкIуэкIыныр Iуэхум и хэкIыпIэу къызолъытэ. КъаIэта псалъэмакъым теухуауэ Нэпсо Нихьэт къыщыпсалъэм къытеувыIащ мафIэсым кърихужьауэ хамэ къэралхэм зэбгрыIэпхъукI адыгэхэм я гупэр хэкужьымкIэ къагъэзэным къару псори ехьэлIэн зэрыхуейр. Сирием икIыурэ Тыркум Iэпхъуа ди лъэпкъэгъухэм я Iуэху зыIутым тепсэлъыхьащ Гугъэв Джихьэн. Тыркум цIыху мини 4-м нэблагъэ зэрыIэпхъуар, абыхэм псоми псэупIэ къызэрыхудахар, адыгэхэр нэхъыбэу щызэхэс жылэхэм зэрырагъэтIысхьар къыхигъэщащ къэпсалъэм. Уеблэмэ, езы тыркухэри щыгъынкIэ, шхынкIэ ди къуэшхэм зэрадэIэпыкъур жиIащ. Жэмыфэ Гъазий къыхилъхьащ ДАХ-м республикищым я лIыщхьэхэм зыхуигъазэу Урысейм и унафэщIхэм ирагъэпсэлъэн зэрыхуейр. ИкIи щапхъэу къихьащ Косовэ зауэ къыщыхъеям Джарымымрэ КIуэкIуэмрэ Ельцин Борис деж нагъэсу адыгэхэр Адыгейм къашэжауэ зэрыщытар. Сирием къикIыжауэ мази 8 хъуауэ Мейкъуапэ щыпсэу Хъунэгу Гъияз жиIащ Сирием щыIэ Адыгэ ФIыщIэ Хасэм шэшэни, осетини, балъкъэри, дагъыстани зэрыхэтыр. Ахэр псори зы хасэм и жьауэм щIэту щызэдэпсэукIэ, хэкумкIэ щыIэ адрей лъэпкъхэри мы Iуэхум хэлIыфIыхьыныр зэрыфIэигъуэр къыхигъэщащ. МэшхуэфI Нэждэт къыхилъхьащ Абхъазым лIыкIуэ гъэкIуауэ Сирием щыщ ди къуэшхэр тыншу и деж къришэлIэну елъэIун зэры- хуейр. Къуэдзокъуэ Анатолэ Iуэхум и хэкIыпIэу къилъытащ адыгэ республикэхэмрэ хамэ къэралхэмрэ щыпсэу адыгэ псори къызэщIиубыдэу Адыгэ лъэпкъым и дунейпсо съезд икIэщIыпIэкIэ зэхэшэн зэрыхуейр. — Дунейм адыгэу тетым я хэкур мыращ, — жиIащ Хъуажь Фахъри. — Абы ипкъ иткIэ, дэнэ щIыпIи бэлыхь щыхэхуа ди лъэпкъэгъум къыщхьэщыжыну иIэр Урысейращ. Иджыпсту Сирием щыпсэу ермэлыхэм, хьэрыпхэм, нэгъуэщIхэм я лъэпкъэгъухэр къащхьэщож. Армением лъэкIыныгъэшхуэ зэримыIэм хуэдэу, и къуэшхэм зэрадэIэпыкъун Iэмал къегъуэт. Мыбдеж щыжаIахэр къадызощтэ, ди Iэтащхьэхэр, абы Шэшэнымрэ Дагъыстэнымрэ яйхэри хэту, къэрал унафэщIым зыхуагъэзамэ хъунт. КIэрмыт Мухьдин къыхилъхьащ Москва щыпсэу, щылажьэ ди лIыкIуэхэр, ди къуэшхэр Iуэхум нэхъ жыджэру къыхэшэн зэрыхуейр. Апхуэдэуи КъБР-м, КъШР-м, АР-м я Iэтащхьэхэм захуэгъэзэным мыхьэнэшхуэ зэриIэр къыхигъэщащ. Сэхъурокъуэ Хьэутий мы Iуэхум теухуауэ жаIахэр ядиIыгъащ икIи УФ-м и Президентым ди Iэтащхьэхэр хуэзэн, Абхъазыр къыддэIэпыкъуну делъэIун, Адыгэхэм я дунейпсо съезд зэхашэу адыгэм и макъыр ину гъэIун зэрыхуеймкIэ ДАХ-м унафэ къищтэныр зэрыфIэигъуэр къыхигъэщащ. ЖаIахэм едэIуа нэужь, ДАХ-м и тхьэмадэм и чэнджэщэгъу нэхъыщхьэ Нэхущ Заурбий жиIащ Сирием ис адыгэхэр къегъэлыным ехьэлIауэ зэкъуэш республикищым я тхьэмадэхэм Шэшэным, Ингушым, Дагъыстэнэм я Iэтащхьэхэм зыхуагъазэу, зы унафэ къащтэу Путин Владимир деж кIуэмэ, нэхъ тэрэзу къызэрилъытэр. Апхуэдэуи Москва деж зэIущIэ щрагъэкIуэкI нэхърэ Мейкъуапэрэ Налшыкрэ зы махуэм съезд щызэхашэмэ, зэрынэхъыфIыр къигъэлъэгъуащ. ДАХ-м и Къэзыпщытэ комиссэм и тхьэмадэ Къуэдзокъуэ Анатолэ тепсэлъыхьащ хасэм и хэтыпщIэ мылъкур зэрызэхуахьэс щIыкIэхэм. Иужьрей илъэсиблым а Iуэхур зэрыщытар къапщытэри, зэхуэсхэми къэмыкIуэу, ахъши къыхамылъхьэу ДАХ-м хэт хасэ къудамэхэм фокIадэ хъуху иджыри зыкъамыгъэхъеймэ, я лэжьыгъэр къызэтрагъэувыIэу Конгрессым унафэ щащIу хагъэкIыжыну къыхилъхьащ. Къуэдзокъуэм къиIэта Iуэхугъуэхэм ящыщщ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ехьэлIауэ Урысейм къыщыдэкIа хабзэщIэм зыщагъэгъуазэу, абы тету дяпэкIэ я лэжьыгъэр яубзыхун зэрыхуейр. Дунейпсо Адыгэ Хасэмрэ Олимп комитетымрэ зэрызэдэлэжьэну зэгурыIуэныгъэ зэщIылIэным теухуауэ къэпсэлъащ ДАХ-м и тхьэмадэм и чэнджэщэгъу Дзэмыхь Къасболэт. ИкIи 2014 гъэм Сочэ щекIуэкIыну Олимпиадэм и къызэгъэпэщакIуэ комитетым Зэрызыхуагъазэр зэман гъунэгъум игъэхьэзырыну и пщэ далъхьащ. Хэхэсхэм я анэдэлъхубзэр хъума зэрыхъунум теухуа ЕтIуанэ дунейпсо щIэныгъэ конференц 2013 гъэм Тыркум щегъэкIуэкIыным теухуауэ Гугъэв Джихьэн къыщыпсалъэм къыхигъэщащ щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм къикIа ди лъэпкъэгъухэр хэту, ар фокIадэм къызэрагъэпэщыну зэрамурадыр, иджы щыщIэдзауэ зэрызыхуагъэхьэзырыр. Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд тепсэлъыхьащ дунейм адыгэу тетым я зэкъуэтыныгъэм и махуэ хэха убзыхуным. — Зы лъабжьэм, зы бзэм, зы хабзэм зэришалIэ адыгэхэр (шэрджэсхэр) гурэ псэкIэ зэкъуэзыгъэувэ махуэу фокIадэм и 22-р къыхэтхыныр тфIэкъабылщ, — жиIащ ХьэфIыцIэм. — Дэ диIэщ щыгъуэ-щIэж махуэ (накъыгъэм и 21), хэкум къэзыгъэзэжахэм я махуэ (шыщхьэIум и 1), адыгэбзэм и махуэ (гъатхэпэм и 14), адыгэ фащэм и махуэ (фокIадэм и 28), адыгэ бэракъым и махуэ (мэлыжьыхьым и 25). Иджы адыгэ псори щыгушхуэ, фестивалхэр, концертхэр, спорт зэхьэзэхуэхэр щрагъэкIуэкI, лъэпкъым и къуэ пажэхэр щагъэлъапIэ махуэ хэхар къэрал псоми щекIуэкIыу зэтеублэныр хъарзынэт. Абы лъэпкъыр зэкъуигъэувэнут, къигъэщIэрэщIэнут, бзэр, хабзэр, щэнхабзэр ихъумэнут, лъэпкъым и зыужьыныгъэмкIэ сэбэп хъунут. УФ-мрэ хамэ къэралхэмрэ анэдэлъхубзэр хъума щыхъун папщIэ лъэпкъ программэ зэхэлъхьэным и Iуэхум щытепсэлъыхьым, ХьэфIыцIэр къытеувыIащ абы ехьэлIауэ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм игъэхьэзыра лъэпкъ программэм. Абы хэтщ школхэм анэдэлъхубзэхэр зэрыщрагъэдж сыхьэт бжыгъэхэр нэхъыбэ щIыным теухуауэ ЕгъэджэныгъэмкIэ министерствэхэм захуэгъэзэныр, адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэ нэхъыфIхэр гъэ къэс гъэпэжэныр, школ пэшхэр зыхуей хуэзэу къызэгъэпэщыныр, анэдэлъхубзэмкIэ щыIэ тхылъхэм нэмыщI, зэманым декIу мультимедийнэ программэхэр, электроннэ тхылъхэр гъэхьэзырыныр, нэгъуэщI куэди. Бзэр хъума хъуным, зегъэужьыным Къэбэрдей Адыгэ Хасэр куэд щIауэ иужь зэритыр къызэхуэсахэм ягу къигъэкIыжащ Мухьэмэд икIи щапхъэу къихьащ 1998 гъэ лъандэрэ «Си бзэ — си псэ, си дуней» республикэпсо фестиваль-зэпеуэр КъБР-м зэрыщекIуэкIыр, иужьрей илъэсхэм Къэрэшей-Шэрджэсым, Ставрополь крайм хыхьэ Къурей районымрэ Осетие Ищхъэрэ-Аланием и Мэздэгу щIыналъэмрэ къызэрыдащтар. Мэздэгу адыгэхэм я анэдэлъхубзэр ящымыгъупщэнымкIэ, я хабзэр яIэщIэмыхунымкIэ ящIэхэмрэ ялэжьхэмрэ тепсэлъыхьащ Мэздэгу Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Дербит Валерэ. Абдежми ХьэфIыцIэм къыхилъхьащ ДАХ-мрэ КъАХ-мрэ Мэздэгу Адыгэ Хасэм зэрыдэлэжьэну Iуэхугъуэхэр. Ар къызэхуэсахэм даIыгъащ. Филологие щIэныгъэхэм я доктор, АКъУ-м и профессор ШащIэ-Ергъукъу Шамсэт ДАХ-м кърихьэжьэ сыт хуэдэ Iуэхуми мыхьэнэшхуэ зэриIэр, ахэр сыт щыгъуи зэрыдиIыгъыр щыжиIащ мы зэIущIэм, апхуэдэуи хамэ къэралхэм щылажьэ хасэхэм ещхьу, ДАХ-ми бзылъхугъэ къудамэ иIэн зэрыхуейр дыщIигъуащ. Езым и IэщIагъэмрэ ДАХ-м и къалэнхэмрэ зэрипхри, къэбэрдейхэми, адыгейхэми, шэрджэсхэми я адыгэ литературэм зы лъабжьэ иIэн, я бзэр зыуэ щытын зэрыхуейм икIэщIыпIэкIэ зэрегугъупхъэр къыхигъэщащ. АР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къул Мухьэмэд къыщыпсалъэм жиIащ хасэм дэлэжьэну зэры-хьэзырыр. Зэкъуэш республикищыр щэнхабзэ и лъэныкъуэкIэ хъарзынэу зэрызэкIэлъыкIуэр, ауэ хамэ къэралхэм хуаIэ пыщIэныгъэр зэрымахэр и жагъуэ зэрыхъур къыхигъэщащ. Зы литературэбзэм хуэкIуэным теухуауэ щыIэ хэкIыпIэхэм, адыгэхэр я хабзэкIи, я бзэкIи зэрызылъэпкъым теухуауэ къэпсэлъахэщ МэшхуэфI Нэждэтрэ Бырсыр Батырбийрэ. ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым и зи чэзу зэIущIэм и кIэухым Сэхъурокъуэ Хьэутий щыжиIащ лъэпкъым и зыужьыныгъэм, абы ифI зыхэлъ Iуэхухэр зэфIэхыным ехьэлIауэ Iуэхугъуэ пыухыкIахэр, купщIафIэхэр къызэрыхалъхьар, ахэр я лэжьыгъэм къызэрыщагъэсэбэпынур. Ауэ а псоми япэ игъэщыпхъэу адыгэм къылъыкъуэкIа Iуэхум — Сирием щекIуэкI зауэм хэкIуадэ дэ къуэшхэр къишыным — теухуауэ пIалъэ къыхамыгъэкIыу, я къару щымысхьу зэрылэжьэнур игъэбелджылащ. НэщIэпыджэ Замирэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27942.txt" }
Спорт Iэмэпсымэхэр тыгъэ хуащI Налшык и Спорт уардэунэм гуфIэгъуэ зэIущIэ щекIуэкIащ. КъБР-м спортымрэ туризмэмкIэ и министрым и къуэдзэ Мамхэгъ Хьэчим атлетикэ хьэлъэмкIэ Налшык, Прохладнэ къалэхэм, Шэрэдж, Тэрч, Аруан, Бахъсэн, Iуащхьэмахуэ куейхэм зыщызыгъасэ спортсменхэм сом мин 574-рэ и уасэ спорт Iэмэпсымэхэр яритащ. Министрым и къуэдзэр тренерхэм ехъуэхъуащ я лэжьыгъэ мытыншым ехъулIэныгъэ къыпэкIуэну, спорт лъагапIэхэм лъэIэсыну. БэнакIуэ алэрыбгъухэр иратынущ олимп спорт лIэужьыгъуэхэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм зыужьыныгъэ щызыгъуэта дзюдом, алыдж-урым бэнэкIэм, бэнэкIэ хуитым зыхуэзыгъасэ спортсменхэми. Гъэунэ Светланэ, КъБР-м Спортымрэ туризмэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27948.txt" }
Бысымхэм яхузэфIэкIыр Налшык къалэ и «Псей щхъуантIэхэр» санаторэм шахматымрэ шашкэмкIэ Урысейм пашэныгъэ къыщыхьынымкIэ ныкъуэдыкъуэхэм (тэмэму земыкIуэфхэм) я зэпеуэрэ чемпионатрэ щекIуэкIащ. Абы хэтащ Урысейм и шахматист нэхъ лъэщхэр. Зэхьэзэхуэм ехъулIэныгъэ щызыIэрызыгъэхьахэр европэ, дунейпсо чемпионатхэм хэтынущ. Зэхьэзэхуэм КъБР-м и щIыхьыр щахъумащ Джэдгъэф Чэмал, Андреев Геннадий, КIэдыкIуей Мухьэмэд, Худаевэ-Соловьевэ Сабинэ, Ульбашевэ Хьэлимэт, Хьэпэ Адыл сымэ зыхэта гупым. УФ-м шашкэмкIэ и чемпионатым абыхэм жэз медаль къыщахьащ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, шахматымкIэ ди республикэм и спортсменхэм ехъулIэныгъэ яIакъым. ЦIыхухъухэм я зэпеуэм япэ увыпIэ къыщихьащ дунейпсо чемпион, Ханты-Мансийск автоном округым щыщ гроссмейстер Обадчук Андрей. ЕтIуанэ хъуащ Свердловск областым къикIа Щербин Дмитрий. Абы и лъахэгъу Балберов Александр ещанэщ. Бзылъхугъэхэм я зэхьэзэхуэм пашэ щыхъуащ Москва щыщ Кайданович Маринэ. Дыжьын медалыр Москва областым къикIа Мельник Галинэ Iэрыхьащ. Ростов областым и лIыкIуэ Левчук Маринэ жэз медалыр Iэрыхьащ. ШашкэмкIэ цIыхухъухэм я зэпеуэм Москва областым щыщхэу Березин Николай — япэ, Денисов Борис етIуанэ увыпIэхэр щаубыдащ. Челябинск областым къикIа Кашлярт Тамарэ бзылъхугъэхэм я деж бжьыпэр щиубыдащ. Мордовием щыщ Цирулевэ Татьянэ етIуанэ хъуащ. Ди спортсмен Ульбашевэ Хьэлимэт ещанэщ. Зэхьэзэхуэр гуфIэгъуэ зэIущIэкIэ зэхуащIыжащ. ХьэщIэхэм гуапэ ящыхъуащ ар сыткIи зэпэщу зэрекIуэкIар икIи, шахматымрэ шашкэмрэ гулъытэ ин хуэзыщI, ди республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен фIыщIэ хуащIащ. Къыхагъэщащ КъБР-м спортымрэ туризмэмкIэ и министерствэм Шахмат-шашкэ федерацэм зэхьэзэхуэм ирахьэлIа лэжьыгъэшхуэри. — Зэпеуэр екIуу къызэрызэгъэпэщар, гулъытэр, къызэхуэсахэм я бжыгъэр, спортсменхэм я зэфIэкIхэр — а псоми къызгурагъэIуащ мы чемпионатыр иужьрей зэманым сызыхэтахэм я нэхъыфIу зэрыщытыр. Дигу къеуэр, фи республикэм и щIыпIэ дахащэхэм зыщытплъыхьыну мы зы гъуэгукIэ дызэрыхунэмысарщ, — жиIащ Урысейм ныкъуэдыкъуэхэм (тэмэму земыкIуэфхэм) шахматымкIэ я командэм и тренер нэхъыжь Герасимовэ Светланэ. ШахматымкIэ зэхьэзэхуэм текIуэныгъэ къыщызыхьа Обадчук Андрей зэрыжиIамкIэ, зэпеуэр къегугъуэкIащ, абы хэта куэдым нэхъапэIуэкIи яIущIа щхьэкIэ, иджы дэтхэнэми къигъэлъэгъуа джэгукIэр нэхъ гъэщIэгъуэнт. «Бысым республикэм хьэщIагъэрэ гуапагъэу къыщыткIэлъызэрахьам сытепсэлъыхьыххэркъым, ар гукъинэж гуапагъэщ», — къыхигъэщащ абы. Зэхьэзэхуэм ехъулIэныгъэ щызыIэрызыгъэхьахэм щIыхь тхылъхэр, медалхэр, кубокхэр, саугъэт щхьэхуэхэр хуагъэфэщащ. ГЪУКIАКЪУЭ Инал.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27950.txt" }
Iэрэмысэ Ахьмэд ягу къагъэкIыж Социалист Лэжьыгъэм и лIыхъужь Iэрэмысэ Ахьмэд и фэеплъ зэпеуэ накъыгъэм и 12 — 13-хэм Арщыдан къуажэм и «Бедик» стадионым бэнэкIэ хуитымкIэ щекIуэкIащ. Зэхьэзэхуэр УФ-м бэнэкIэмкIэ и федерацэм и махуэгъэпсым хэтщ, текIуэныгъэ зыIэрызыгъэхьэхэм Урысейм спортымкIэ и мастер цIэр фIащ. Турнирым хэтыну Iэмал зиIэр спортымкIэ мастерым и кандидатхэрщ. Зэхьэзэхуэм кърихьэлIащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и спортсмен 200-м щIигъу. БэнакIуэхэм ехъулIэныгъэ лъагэ зыIэрагъэхьэмэ зэригуапэр жиIащ зэпеуэм кърихьэлIахэм захуэзыгъэза Лэскэн куей администрацэм физическэ щэнхабзэмрэ спортымкIэ и къудамэм и унафэщI Щхьэгуэш Мухьэмэд. МахуитIкIэ гуащIэу екIуэкIа зэпеуэм нэхъ лъэщхэр наIуэ щыхъуащ. Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта зэпеуи 8-м щыщу, 3-м КъБР-м и спорсменхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ. ЕхъулIэныгъэ зиIахэм щIыхь тхылъхэр, медалхэр, саугъэтхэр хуагъэфэщащ. Зэхьэзэхуэр щызэхуащIыжым кърихьэлIащ Лэскэн куей администрацэм и Iэтащхьэ Кебеков Валерэ. Абы турнирыр екIуу зэрырагъэкIуэкIам папщIэ судьяхэм фIыщIэ яхуищIащ, саугъэт лъапIэхэр текIуахэм яритащ. ГуIэтыж Залинэ, Лэскэн муниципальнэ куейм и щIыпIэ администрацэм и пресс-IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27952.txt" }
«Дунейр — сабийхэм я нэкIэ» Ар и фIэщыгъэу КъБР-м ЩIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэм зэпеуэ гъэщIэгъуэн къызэригъэпэщащ, дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэным и илъэсым хиубыдэу. Зэпеуэр зи жэрдэмхэм я мурадщ ныбжьыщIэхэм щIыуэпсыр хъумэнымкIэ къалъыс жэуаплыныгъэм хагъэхъуэну, абы гулъытэ нэхъыбэ хурагъэщIыну. Конкурсыр 1 — 4-нэ классхэм щIэсхэм я деж щрагъэкIуэкI. КъБР-м ЩIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэм къызэригъэпэща къэпщытакIуэ гупым хэтхэм сурэтхэр мы гъэм накъыгъэм и 25 пщIондэ къыхахынущ. Сабийхэр хъумэным и дунейпсо махуэмрэ (мэкъуауэгъуэм и 1), Экологым и махуэмрэ (мэкъуауэгъуэм и 5) ирихьэлIэу зэпеуэм кърикIуахэр зэхалъхьэжынущ. Лэжьыгъэ нэхъыфI езыгъэхьахэр щIыхь тхылъхэмрэ саугъэт лъапIэхэмкIэ ягъэгуфIэнущ. Мы Iуэхум теухуауэ упщIэ зиIэхэм Тхьэмокъуэ Iэсият зыхуэвгъазэ хъунущ: (8662) 74-02-75 телефонымкIэ. ХАДЖИЕВЭ ФатIимэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27956.txt" }
Тхыдэмрэ бзэмрэ Мэлбахъуэм и цIэр зезыхьэ Республикэ библиотекэм и лъахэхутэ къудамэм Адыгэхэм я щыгъуэ махуэм теухуа зэIущIэ щекIуэкIащ. Абы кърихьэлIащ тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат, Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым и лэжьакIуэхэу Кхъуэжь Заурбэчрэ Ало Тимуррэ, химие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Шурдым Барэсбий, тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат, КъБКъУ-м и егъэджакIуэ Созаев Аслъэн, ЕмыкI Галинэ сымэ. Ахэр яIущIащ КъБКъУ-м и тхыдэ къудамэм щеджэ студентхэм. Псалъэмакъыр траухуащ адыгэ лъэпкъым и къекIуэкIыкIам, хабзэмрэ динымрэ зэрызэрахьам, Урыс-Кавказ зауэр тхыдэ къэхутэныгъэхэм, художественнэ тхыгъэхэм къазэрыхэщыжым. ЕмыкI Галинэ студентхэм яжриIащ хабзэмрэ динымрэ зэ- рызэпхар, ахэр зэрызыхалъхьэнуми къыхуриджащ. — Ди щIыпIэ дахэр Алыхьым анэмэту къыдитащи, дэ ар тхъумэну ди къалэнщ. Хабзэр зэрызыхэфлъхьэн и ужь фит, диным фи щIыб хуэвмыгъазэ. Ди хабзэр дахэщ адыгэр хьэщIэкIэ зэрыжумартымкIэ, цIыхугъэ, лIыгъэ зэрахэлъымкIэ, — жиIащ абы. — Иджыпсту щIалэгъуалэм ящыщ куэдыр зэрыдэтым хуэдэу, уи плIэм «Адыгэ» жиIэу теткIэ, хабзэр зехьа хъунукъым. КъурIэн феджэ. ХабзэфIу адыгэм хэлъ псори къызыхихар ислъам динырщ. Иджыпсту дин жаIэри щIалэгъуалэр къагъапцIэ, жьакIэ кърагъэгъэкIри мэзым щIашэ. Аракъым диныр. ЦIыхум пщIэ яхуэпщIу, уи зэран зыми йомыгъэкIыу, нэхъыжь-нэхъыщIэ зэхэпщIыкIыу упсэумэ, ар хабзэщ. Щхьэж езым и щхьэ зэриущиижын и ужь фит. Кхъуэжь Заурбэч къыхигъэщащ, гъащIэм сыт хуэдэ IэнатIэ уIуигъэувэми, пэжыр жыпIэн зэрыхуейр: — Нэхъыщхьэр щIэблэм пэжыр яжеIэнырщ, ягурыгъэIуэнырщ. ЩIэныгъэ тхыдэм нэмыс щIыкIэ, диIа тхыдэжьым — IуэрыIуатэмрэ уэрэдыжьхэмрэ — мыхьэнэ ин яIэщ. Художественнэ щэнхабзэ лъэщ диIауэ къызолъытэ. Бзэм и дахагъкIи къыкIэрымыхуу, пцIыи къыхимыгъахуэу адыгэ джэгуакIуэм Кавказ зауэм и тхыдэр къиIуэтэжауэ къысщохъу. Иужьрей зэманым адыгэ уэрэдыжьхэр, хъыбарыжьхэр IэщIыб ящIауэ, урысыбзэкIэ гъэпса, адыгэ гупсысэм пэжыжьэ тхылъхэм зрат. Ар жагъуэщ. Кавказ зауэр Урысейм и тхыдэм и зауэ нэхъ гуащIэщ. Ди школхэм, университетым Кавказ зауэм и тхыдэр пэжым тету щрагъэджыркъым, щощтэри даутIыпщыкI. Е, урысхэм дагъэунауэ, фIыгъуэ къытхуащIауэ жраIэ. Апхуэдизу зэман кIыхькIэ ди лъэпкъыр зыхэта зауэм теухуауэ жаIэнIауэ хуиту щытакъым. Тхыдэр щрагъэджкIэ, абы теухуа псалъэмакъыр псалъэуха зытIущым кърагъэтIэсэнут е и гугъу ящIыххэнутэкъым. Иджыпсту пэжыр жыпIэ хъунущ, лIыгъэ пхэлъмэ. ЩыIэщ Кавказ зауэр къызыхэщыж тхыгъэ куэд, ар щIэныгъэ лэжьыгъэу е художественнэу гъэпсауэ щрети. Феджэ. ЩыIэщ уи псэр щIэптын, ущIэзэуэн лъапIагъэ гуэр. Къабзагъэм, дахагъэм, хуитыныгъэм зэпымыууэ зыгуэр щIэптын хуейщ. Хуитыныгъэр зэрынэхъ лъапIэр къагъэлъагъуэу, ди лъэпкъыр илъэсищэрэ зыкIэ зэуащ. ТекIуэныгъэ ямылъэгъуами, я напэр къабзэу дунейм ехыжащ. Ди япэ итахэм, дэ нэхърэ нэхъ дахэу, нэхъ къабзэу, нэхъ адыгэу щыта ди адэжьхэм я щIыхьыр дывгъэхъумэ, я лIыгъэм щхьэщэ хуэдывгъэщI! — ДыкъыздикIар дымыщIэжмэ — дызищIысри тщIэжынукъым. Жыгыр жыг зыщIыжыр и лъабжьэращ. Теплъэ уиIэрэ, кIуэцIкIэ унэщIмэ, мыхьэнэ уиIэнукъым. Нобэрей ди щIалэгъуалэр ужьыгуауэ къыдокIуэтей. Мыр си лъэпкъэгъущ жыпIэу, уи щхьэр Iэтауэ узыбгъэдыхьэн куэд урихьэлIэркъым. Ди тхыдэм ущIэукIытэн, уи щхьэр щIепхьэхын Iуэхугъуэ хэтакъым. ДыкъыздикIамрэ ди къуэпсымрэ зэдвгъэгъэщIэж. Ди нэхъыжьхэм яхэлъа лIыгъэм дыдэвгъэплъей, — жиIащ Ало Тимур Шурдым Барэсбий къызэхуэсахэм гу лъаригъэтащ цIыхум езым и бзэкIэ и тхыдэр зэриджыжыпхъэм: — Ди тхыдэтххэм адыгэбзэкIэ адыгэм я къекIуэкIыкIар зэрамытхыр си жагъуэщ. УрысыбзэкIэ тхауэ куэд дыдэ щыIэщ, ауэ щIэблэм къыдалъхуа бзэмкIэ тхыдэр ябгъэдэлъхьапхъэщ. Ди лъэпкъым и архив къулей щIыпIэ куэдым щыIэщ. Ахэр къэзытIэщIыжын, елэжьын ди лъэпкъым Алыхьым кърит! ЗэIущIэм кърихьэлIа ныбжьыщIэхэм тхыдэм теухуа Iуэхугъуэ куэдым гу лъатащ, абы хуэгъэпса художественнэ тхыгъэхэм еджэнуи гукъыдэж ящIащ. Библиотекэм и бжэр хуащIыжа нэужь, а гурылъхэр яIэщIэмыхужамэ, махуэр яфIэкIуэдакъым. Гугъуэт Заремэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27959.txt" }
Медаль уэшх Накъыгъэм и 12-м къыщыщIэдзауэ и 17 пщIондэ Къалмыкъым и къалащхьэ Элиста щекIуэкIа мэл лъэпкъыфIхэм я 15-нэ урысейпсо гъэлъэгъуэныгъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым икIахэм дыжьын медалищ, жэзуи апхуэдиз къыщахьащ. Къэрэшей мэл лъэпкъыфIхэр зыгъэбагъуэ «Эльбрус-Агро-Инвест» ООО-м дыжьын медалитI къыхуагъэфэщащ. «Дарган», «Шэрэдж-1» хозяйствэхэм щагъэхъу къэрэшей мэлхэм дыжьын, жэз медалхэр, «Степной» Iэщ лъэпкъыфI заводым щаIыгъ лышхуэ зыщI, цыфI зытезылъхьэ Кавказ Ищхъэрэ лIэужьыгъуэхэм жэз медалитI къахьащ. Унагъуэ хозяйствэхэм, лъэпкъ шхыныгъуэхэм я еплъыныгъэм жыджэру зэрыхэтам папщIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым выставкэм и кубок къратащ. Урысейпсо гъэлъэгъуэныгъэм кърикIуам и гугъу щищIым, КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Къаздэхъу Альберт къыхигъэщащ мэл гъэхъуным ди деж гулъытэ хъарзынэ зэрыщигъуэтыр. Мэкъумэш хозяйствэм зэрызиужьынум и Къэрал программэм и фIыгъэкIэ, 2009 — 2012 гъэхэм къриубыдэу бюджет мылъкуу сом мелуан 19-м щIигъу а IэнатIэм хухахащ. 2008 гъэм елъытауэ мэлхэмрэ бжэнхэмрэ я бжыгъэм процент 40-м щIигъукIэ хэхъуащ икIи мы илъэсым и пэщIэдзэм мин 413-м фIэкIащ. Мэл, бжэн лъхуэн-пIэнхэр зэрагъэбагъуэм трагъэкIуадэм щыщ Iыхьэ субсидие щIыкIэу хуатыжын папщIэ, сом мелуан 11,5-рэ мы гъэм хухахыну я мурадщ. Абы щыщу мелуани 9-м щIигъур федеральнэ бюджетым къыхэкIынущ. КъБР-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27965.txt" }
Мы махуэхэм Накъыгъэм и 25, щэбэт Филологым и махуэщ Сабий кIуэдахэм я махуэщ Африкэм и махуэщ Иордан Хьэшимит къэралыгъуэм и махуэщ — щхьэхуит щыхъуар егъэлъапIэ. 1987 гъэм «Сибирь» мыл-къутэ атом кхъухьыр Полюс Ищхъэрэм нэсащ. УФ-м и курыт еджапIэхэм гъэм и иужьрей уэзджынэр къыщоуэ. Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ Къамбий Мухьэб къызэралъхурэ илъэс 90 ирокъу. Къэрэшей-Шэрджэсым и цIыхубэ усакIуэ Тут Михаил къызэралъхурэ илъэс 81-рэ ирокъу. ТхакIуэ, журналист, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Тхьэмокъуэ Барэсбий къызэралъхурэ илъэс 73-рэ ирокъу. УФ-м щIыхь зиIэ и ухуакIуэ, КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Бозий Натбий и ныбжьыр илъэс 63-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, пIалъэ-пIалъэкIэрэ уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 23 — 25-рэ, жэщым градус 17 -18 щыхъунущ. Накъыгъэм и 26, тхьэмахуэ Химикым и махуэщ Урысей хьэрычэтыщIэм и махуэщ Киев къалэм и махуэщ Тыркумэным щагъэлъапIэ алэрыбгъум и махуэщ Адыгэ Республикэм и къалащхьэ Мейкъуапэ и Iэтащхьэр хах. 1995 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетыр (КъБКъМУ-р) къызэIуахащ. Филологие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Щэрдан Iэбу къызэралъхурэ илъэс 85-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ, уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 16 — 19, жэщым градус 15 — 17 щыхъунущ. Накъыгъэм и 27, блыщхьэ Библиотекэхэм я урысейпсо махуэщ 1703 гъэм Санкт-Петербург къалэр ухуэн щIадзащ. 1795 гъэм Урысейм цIыху куэд зэуэ зэкIуалIэ хъун япэ библиотекэр къыщызэIуахащ. Къэрал лэжьакIуэ цIэрыIуэ, экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, ЩIДАА-м и академик, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий и ныбжьыр илъэс 62-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, уэшх тIэкIу къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 16 — 22-рэ, жэщым градус 15 — 17 щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27968.txt" }
«Гъуэгу махуэ, ныбжьыщIэхэ!» Апхуэдэ къыхуеджэныгъэм щIэту, ди республикэм и курыт школхэм нобэ щокIуэкI Иужьрей уэзджынэм и махуэшхуэр. НыбжьыщIэхэм я гуфIэгъуэр даIэт адэ-анэхэм, егъэджакIуэхэм, КъБР-м и Парламентымрэ Правительствэмрэ я лIыкIуэхэм, къалэ, къуажэ администрацэхэм я IэщIагъэлIхэм. Школ линейкэхэм апхуэдэу кърагъэблэгъащ зауэмрэ лэжьыгъэмрэ я ветеранхэр, жылагъуэм пщIэ щызиIэ нэхъыжьыфIхэр. Дэтхэнэ еджакIуэм и дежкIи мыхьэнэшхуэ зиIэ махуэшхуэщ нобэрейр, арщхьэкIэ курыт школыр къэзыух ныбжьыщIэхэм абы хуащI гулъытэр псом хуэдэжкъым: ипэжыпIэкIэ абыхэм я дежкIэ а уэзджынэр иужьрей дыдэщ. Сабиигъуэмрэ балигъ гъащIэмрэ гъунапкъэ зэпылъыпIэ яхуэхъу апхуэдэ зу макъ жьгъырур нобэ къахуоуэ республикэм и ныбжьыщIэ 6554-м. Махуэшхуэр зейхэмрэ хьэщIэхэмрэ щызэхуос ягъэщIэрэщIа, макъамэ дахэхэр къыщыIу школ пщIантIэ хуитхэм. ГуфIэгъуэмрэ дэрэжэгъуэмрэ зи гум щыз ныбжьыщIэхэу еджэныр къэзыуххэр школ утхэм кърагъэблэгъащ, пщIэ хуащIу. Махуэшхуэм иращIэкIа дауэдапщэм нобэ хэтми, блыщхьэм, накъыгъэм и 27-м, абыхэм щIадзэнущ Зыуэ щыт къэрал экзаменхэр тын. Иужьрей уэзджынэм балигъ гъащIэм хишэ ныбжьыщIэхэм дохъуэхъу къапэщылъ къэпщытэныгъэхэр ехъулIэныгъэкIэ зэфIагъэкIыну, зыхуэпабгъэ я хъуэпсапIэхэм лъэIэсыну, я гу-гъапIэхэр зрагъэхъулIэну. Гъуэгу махуэ, лъагапIэщIэхэр зи плъапIэ, къэралым и къэкIуэнур зэлъыта зи щIалэгъуэхэ! ЖЫЛАСЭ Маритэ, «Адыгэ псалъэ» газетым егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и къудамэм и унафэщI. Жылэтеж Сэлэдин Узыншэу, школ Сабиигъуэ IэфIыр щыдгъэкIуауэ, Зэныбжьэгъухэм школыр къыдоух. Насып тхылъыр щIэблэм къыдатауэ, ГъащIэ гъуэгум и бжэр зэIудох. Ежьу: Узыншэу, школ! Узыншэу, класс! ФыдиIащ фэ лъахэу махуэ къэс. Фыузыншэу, егъэджакIуэхэ! ФIыкIэ, ди гъэсакIуэхэ! Фытхуэхъуащ фэ адэ-анэ нэс. Мылъкуу щыIэ псоми я нэхъ лъапIэу ЩIэныгъэфIыр тыгъэ къытхуэфщIащ. Ныбжьэгъугъэр сыткIи дэ дгъэлъапIэу, Дыпсэуным ди гур хуэвгъэнщIащ. Ежьу. Ди гур жану, IуэхукIэ щхьэх дымыщIэу, Зэныбжьэгъухэм школыр къыдоух. Къулей Хэкур тщIыну дэ, ныбжьыщIэм, ГъащIэ гъуэгум и бжэр зэIудох. Ежьу.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27970.txt" }
Джэдмышх хъупIэр зэщIакъуэ Жылагъуэхэм я щIыналъэхэр гъэкъэбзэнымкIэ, зэIузэпэщ щIынымкIэ республикэпсо щэбэт щIыхьэхум жыджэру хэтащ КъБР-м ЩIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэм КъБР-м хэхауэ щахъумэ щIыналъэхэмкIэ и дирекцэр. Сэрмакъ къуажэм щыIэ «Додо Клаб» сабий жылагъуэ экологие зэгухьэныгъэм щIыгъуу абы игъэкъэбзащ Джэдмышх хъупIэмрэ псыкъелъэм и Iэшэлъашэхэмрэ. Хэхауэ яхъумэ щIыналъэхэмкIэ дирекцэм и унафэщI Пакъ Руслан зэрыжиIамкIэ, мыпхуэдэ лэжьыгъэр сэбэп мэхъу экологиемрэ дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэнымрэ сабийхэр хуэгъэсэнымкIэ, абыхэм я зэхэщIыкIыр къэIэтынымкIэ. «Додо Клаб» зэгухьэныгъэр сыт щыгъуи къыхохьэ КъБР-м ЩIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэм иригъэкIуэкI Iуэхухэм. Абы и унафэщIщ Урыс географие зэгухьэныгъэм хэт Мысырджэн МуIэед. Къэгъэлъэгъуапхъэщ щэбэт щIыхьэхур щрагъэкIуэкIа щIыпIэр егъэлеяуэ фIейуэ зэрыщымытар. ЦIыху 40-м лэжьыгъэ псори сыхьэт зыбжанэм зэфIагъэкIащ. Мы щIыпIэм зыщагъэпсэхуну турист куэд къокIуэ. Абыхэм гу лъатэну къыщIэкIынщ щIыуэпсыр мыуцIэпIыным, экологиер хъумэным ди республикэм зэрыщегугъум. Хьэжы ФатIимэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27974.txt" }
Библиотекэхэм я урысейпсо махуэм ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен библиотекэхэм я лэжьакIуэхэм зэрызахуигъазэр Ныбжьэгъу лъапIэхэ! КъБР-м Мэлбахъуэ Т. Къу. и цIэр зезыхьэ и Къэрал лъэпкъ библиотекэм, республикэм и библиотекэхэм я лэжьакIуэ псоми си гуапэу сынывохъуэхъу Библиотекэхэм я урысейпсо махуэмкIэ. Библиотекархэм я псэемыблэж лэжьыгъэм, абыхэм я егугъуныгъэмрэ тхылъыр фIыуэ зэралъагъумрэ куэдкIэ я фIыгъэщ щIэныгъэ зыбгъэдэлъ еджагъэшхуэу, щэнхабзэм, гъуазджэм, егъэджэныгъэм я лэжьакIуэ цIэрыIуэу ди республикэм и щIыхьыр зыIэтахэм я щIэблэ зыбжанэ зэрызэтеувар. Нобэ библиотекэм и IэнатIэм зегъэужьынымкIэ гъуэгу нэхъыщхьэр информацэм и IэнатIэ зызыужьа зэтегъэувэнырщ, библиотекэм и IэнатIэм и лэжьыгъэр иджырей технологиехэр я лъабжьэу егъэкIуэкIынырщ, щIэблэ къэхъур хэкур фIыуэ лъагъуным, лъэпкъ псоми пщIэ яхуэщIыным, тэмакъкIыхьыу щытыным хуэзыущий жылагъуэ Iуэхуу цIыху куэд къызэщIэзыубыдэхэр къызэгъэпэщынырщ. БлэкIа илъэс псоми республикэм властымкIэ и органхэм библиотекэхэр зыхуэныкъуэхэм гулъытэ хуащIу щытащ. ДяпэкIи дэ къэрал дэIэпыкъуныгъэ библиотекэхэм еттынущ, абыхэм я мылъку-техникэ зэфIэкIыр зэрыдгъэбыдэным, библиотекарым и IэщIагъэм иIэ пщIэр къызэрытIэтыным дыхущIэкъунущ. Мы гуфIэгъуэ махуэм псоми сынывохъуэхъу ди республикэм ис лъэпкъхэм зыми хуэбгъадэ мыхъуну я щэнхабзэр хъумэнымкIэ, ди цIыхухэм я зэхэщIыкIыр къэIэтынымкIэ лэжьыгъэфI къефхьэлIэну. Узыншагъэ, тегушхуэныгъэ фиIэну, фIыщIэ ин зыпылъ фи IэнатIэм творческэ ехъулIэныгъэхэр къыщыфхьыну си гуапэщ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27977.txt" }
Къанокъуэ Арсен: Мылъкур зезыхьэфынухэр къыхэхынырщ приватизацэр зытеухуар КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Марьяш Иринэ, КъБР-м къэрал мылъкумрэ щIы IуэхухэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Тонконог Аннэ, финансхэмкIэ министр КIэрэф Мурат, экономикэ зыужьыныгъэмкIэ министр Мусуков Алий сымэ хэту КъБР-м и Iэтащхьэм иригъэкIуэкIа зэIущIэм щытепсэлъыхьащ 2013 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал мылъкур приватизацэ щIыным пыщIа Iуэхухэм. Къанокъуэ Арсен къыхигъэщхьэхукIащ приватизацэ мылъкур тэмэму зезыхьэфынухэр къыхэхыным, лэжьыгъэ IэнатIэхэм щызэпеуэныр къызэгъэпэщыным, инвестицэ щытыкIэ тэмэм зэтегъэувэным, республикэм и бюджетым и хэхъуэхэр нэхъыбэ щIыным зэрыхуэунэтIар. ЗэIущIэм къыщаIэтащ къэрал мылъкур уней щIыным пыщIа Iуэхуу нэхъ мыхьэнэшхуэ зиIэхэр: Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и бюджетым налогым щымыщ ахъшэр, къапщтэмэ, къэрал мылъкур зэращэнум къыпэкIуэнур къыхузэщIэгъэуIуэныр, къэралым и мылъкум хиубыдэ предприятэ щхьэхуэхэм я финанс щытыкIэр зэтегъэувэжыныр. КъаIэта Iуэхухэм япкъ иткIэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм зыхуэфащэ министерствэхэмрэ ведомствэхэмрэ я унафэщIхэм къалэн пыухыкIахэр пщэрылъ ящищIащ. КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27980.txt" }
Иджы Самарэ къытпоплъэ «Уфа» (Уфа) — «Спартак-Налшык» (Налшык) – 1:0 (2:0). Уфа. «Динамо» стадион. Накъыгъэм и 25-м. ЦIыху 2900-рэ еплъащ. Судьяхэр: Чернов (Мэзкуу), Шимарыгин (Сосновый Бор), Елеференкэ (Мэзкуу). «Уфа»: Барановский, Аликин, Грачев, Тишкин, Засеев, Данилов, Киреев (Васильев, 46), Вильям, Сайтэ (Василенкэ, 77), Диегу, Заболотный (Маркосов, 84). «Спартак-Налшык»: Коченков, Абазэ, Чернышов, Овсиенкэ (Багаев, 46), Суслов, Зинович, Руа, Буйтрагэ, Коронов (Аверьянов, 46), Сирадзе (Галин, 46). Гуэщокъуэ (Дорожкин, 65). Топыр дигъэкIащ: Сайтэ, 45 (1:0). Дагъуэ хуащIащ Чернышовым, Маркосовым, Зинович. «Спартак-Налшыкым» и дежкIэ мы зэIущIэм зы мыхьэнэи иIэжтэкъым. Зэхьэзэхуэр иухыным иджыри зы джэгугъуэ иIэжу ди щIалэхэм ещанэ увыпIэр япэ дивизионым щаубыдат икIи премьер-лигэм кIуэн папщIэ хьэрхуэрэгъу къыхуэхъуным адэкIэ пэплъэ хъунут. Нэгъабэ етIуанэ дивизионым къыхэкIа «Уфа»-ми увыпIэ лъагэ иубыдакIэт икIи къыдэщIыну къэкIуахэр игъэгушхуэн фIэкIа нэгъуэщI къалэн иIэтэкъым. КъыхукъуэкIа Iэмалыр къигъэсэбэпри, ди командэм и тренер нэхъыщхьэ Шыпш Тимур и футболист нэхъыфI зыбжанэм заригъэгъэпсэхуащ. Къапщтэмэ, зэрыщыту ихъуэжащ гъуащхьэхъумэхэр, куэд дыдэ къытхуэзыщIа гъуащхьауэ Медведевми бэуэгъуэ иритащ. Командэхэм зэIущIэр хуэсакъыпэурэ ирагъэжьащ. Ахэр нэхъыбэу зыхущIэкъур я гъуэр зэрахъумэнырт. АрщхьэкIэ апхуэдэу екIуэкI хъунутэкъыми, хэгъэрейхэм зэрахабзэу, «Уфа»-р ипэкIэ кIуэтащ. Аращ япэ ебгъэрыкIуэныгъэ лъэщри къызэзыгъэпэщар: Даниловыр лъэщу щхьэкIэ зэуа топым Коченковыр пэлъэщащ. АдэкIэ чэзур «Спартак-Налшыкым» къылъысащ. Ари къикIуэтынухэм ящыщтэкъым. 45-нэ дакъикъэм Буйтрагэ хэгъэрейхэм я гъуэр хигъэщIэным зы мащIэ дыдэщ иIэжар, арщхьэкIэ «Уфа»-м и гъуащхьэтет Барановскэм и Iэзагъ лъагэр къызыкъуихри, топым къригъэгъэзащ. Ар гущIыхьэ зыщыхъуа хьэщIэхэр зэщIэувыIыкIащ. Ар уфадэсхэм Iэзэу къагъэсэбэпри, ебгъэрыкIуэныгъэ псынщIэ къызэрагъэпэщащ икIи Японием къраша я гъуащхьауэ Сайтэ Йосуке Зинович Дмитрий IэщIэкIри, топыр Коченковым щхьэпридзащ — 1:0. Загъэпсэхуным и пэ къихуэу топ къызэрыхудагъэкIам Шыпшыр игъэгубжьащ — мы зэIущIэм мыхьэнэ лъэпкъ имыIэжми, и щIалэхэр къыхагъэщIэну ар хуейтэкъым. ЕтIуанэ Iыхьэм къыщихьэжым абы футболистищ зэуэ ихъуэжащ. Абы къигъэлъагъуэрт «Спартак-Налшыкыр» ерыщу зэребгъэрыкIуэнур. Апхуэдэуи къэхъуащ. АрщхьэкIэ куэдрэ зэгъусэу къимыхьэу «Уфа»-м пэщIагъэувахэр щIагъуэу зэгурыIуэртэкъыми, Iуэхум зыри къикIакъым. Абы щыгъуэми хэгъэрейхэм бжыгъэр ягъэбэгъуэным мащIэ дыдэщ иIэжар — Карлос Диегэ зэуа топыр гъуэм и пкъом къигъэлъеижащ. Арати, 1:0-у «Уфа»-р текIуауэ зэIущIэр иухащ. Абы и фIыгъэкIэ, хэгъэрейхэм еханэ увыпIэр яIыгъыу зэхьэзэхуэр кърахьэлIащ. Япэ дивизионым и иужьрей джэгугъуэм ирихьэлIэу зэхэмыкIауэ къэнар ар зрагъэбгынэну етIуанэ командэрат. Япэу ар зи натIэ хъуа «Волгарь»-м «Химки»-р здилъэфащ, щэбэт кIуам абы и деж кIуауэ хигъащIэри. Иджы фыщыдгъэгъуэзэнщ япэ дивизионым хэт адрей командэхэм иужьу ирагъэкIуэкIа зэIущIэхэм къарикIуа бжыгъэхэм. Мис ахэр: «Томь» (Томск) — «Ротор» (Волгоград) — 3:0, «Сибирь» (Новосибирск) – «Салют» (Белгород) — 1:1, «Химки» (Мэзкуу область) — «Волгарь» (Астрахань) – 2:4, «Балтика» (Калининград) – «Торпедо» (Мэзкуу) — 3:1, «Нефтехимик» (Нижнекамск) — «Металлург» (Новокузнецк) — 2:1, «Шинник» (Ярославль) — «Енисей» (Красноярск) — 0:0, «Петротрест» (Санкт-Петербург) — «Урал» (Свердлов область) — 0:0. Гъуащхьауэхэм я зэпеуэм пашэныгъэр щиубыдащ «Урал»-м щыджэгу Гогниев Спартак. Ар 17-рэ къыхэжаныкIащ. Абы топитхукIэ къыкIэроху япэ дивизионым и гъуащхьауэ нэхъ Iэзэхэм яхыхьа Медведев Алексей. Урысей Федерацэм футболымкIэ и япэ дивизионым 2012 — 2013 гъэхэм щекIуэкI зэхьэзэхуэр иухащ. Абы ещанэ увыпIэр къыщызыхьа «Спартак-Налшыкым» иджы къыпэщылъщ премьер-лигэм хуэзышэ пэщIэуэ зэIущIэхэр. Накъыгъэм и 30-м Самарэ къалэм абы япэ джэгугъуэр щIыпIэ «Крылья Советов»-м щыдригъэкIуэкIынущ, мэкъуауэгъуэм и 4-м Налшык ахэр етIуанэу щызэпэщIэувэнущ. Жыласэ Заурбэч.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27987.txt" }
Гуапагъэрэ дэрэжэгъуэрэ Мэкъуауэгъуэм и 1-р Сабийхэр хъумэным и дунейпсо махуэщ. Абы ирихьэлIэу Урысей МВД-м Налшык къалэм щыIэ и управленэм Къэрал киноконцерт гъэлъэгъуапIэм щригъэкIуэкIащ «Сабийхэрщ ди къэкIуэнур» псапащIэ Iуэхугъуэ. Полицэм и генерал-майор Васильев Сергей фIыщIэ тхылърэ саугъэтрэ ирет «Нэмыс» балигъ мыхъуахэм я социально-реабилитацэ центрым и унафэщI Къардэн Адэлбий. Концерт залым щызэхуэсат псапащIэ Iуэхур зыхуэгъэпса сабий зеиншэхэр, унагъуэ хуэмыщIахэм щапI цIыкIухэр, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда хабзэхъумэхэм я бынхэр, республикэм и интернатхэм я гъэсэн 300-м щIигъу. Шар зэмыфэгъухэр, хьэпшып гъэщIэгъуэн цIыкIухэр зыIэщIалъхьа, пэшым щитIысыкIа хьэщIэхэм уащыхэплъэкIэ, я нэгум кърих дэрэжэгъуэмрэ гукъыдэжымрэ гу лъумытэнкIэ Iэмал иIэтэкъым. КъызэгъэпэщакIуэхэм ахэр къыщIрагъэблэгъари дэрэжэгъуэрэ гухэхъуэрэ, гуапагъэрэ IэфIыгъэрэ зыхрагъэщIэн щхьэкIэщ. — Дэ, балигъхэм, тхузэфIэкI псори длэжьынущ гуапагъэрэ гулъытэкIэ фи гъащIэр гъэнщIауэ фыкъэтэджын папщIэ. Сыт хуэдэ гугъуехьми фыщымышынэу япэкIэ фыкIуатэ, адрейхэм щапхъэ фахуэхъу, — захуигъэзащ абыхэм пшыхьыр къызэIузыха полицэм и Налшык къалэ УМВД-м и 1-нэ къудамэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ и IэнатIэм и унафэщI, полицэм и подполковник КIуэкIуэ Маринэ. АдэкIэ утыкум кърагъэблэгъащ къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ, полицэм и генерал-майор Васильев Сергей. — КъэкIуэнур зейр фэращ, фызыпэплъэ гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэр гъэщIэгъуэну, дахэу ефхьэкIыну си гуапэщ, — сабийхэм псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ министрым. ФIыщIэ яхуищIащ гъащIэм и щытыкIэ гугъум къихута сабийхэм ядэлажьэ, абыхэм я гурыгъу-гурыщIэхэр зыхэзыщIэ егъэджакIуэ-гъэсакIуэхэм. — Фи лэжьыгъэ мытыншыр хьэлэлу зэрефхьэкIым папщIэ пщIэшхуэ фхуэфащэщ, ди сабийхэр мамыру, насыпыфIэу псэун папщIэ тхузэфIэкI къэдгъэнэнукъым. Сабиигъуэр хъумэным, къытщIэхъуэ щIэблэр хэкупсэу гъэсэным хуэунэтIауэ къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэм жыджэру зэрадэлажьэм папщIэ КъБР-м щыIэ МВД-м и фIыщIэ тхылъхэмрэ саугъэтхэмрэ абы яритащ сабийхэр щапI социальнэ IуэхущIапIэ зыбжанэм я унафэщIхэм. ИпэжыпIэкIэ IэфIыгъэрэ гуапагъэрэ хуэныкъуэ сабийхэм сыт щыгъуи гулъытэ яхуэзыщI МВД-м фIыщIэ къыхуищIащ Нартан къуажэм дэт, сабий зеиншэхэмрэ адэ-анэм я нэIэм щIэмыту къэна сабийхэмрэ щапI школ-интернат №5-м и унафэщI Алишанов АлисулътIан. «Фэ фщIэр мыхьэнэ, пщIэ зиIэ Iуэхугъуэ дахэщ»,- къыхигъэщащ абы. ПсапащIэ зэхыхьэм кърихьэлIа къулыкъущIэхэм ящыщщ КъБР-м и Парламентым щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ и комитетым и унафэщI Хьэщхъуэжь Татьянэ. Урысей Федерацэм Налшык къалэм щыIэ и УВД-м и унафэщI, полицэм и полковник ДыщэкI Назир къызэхуэсахэм я гукъыдэжыр къэзыIэта творческэ гуп цIэрыIуэхэм фIыщIэ яхуищIащ, дипломхэр, удз гъэгъахэмрэ IэфIыкIэхэмрэ яритащ. Полицэм и лэжьакIуэхэм кърагъэблэгъа сабийхэр гуапэуи ирагъэжьэжащ — ахэр щыщIэкIыжым псы IэфIрэ морожнэрэ хуагуэшащ. УАРДЭ Жантинэ. Сурэтхэр Мамий Руслан трихащ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27991.txt" }
Лъэпкъым и нэщэнэ нэхъыщхьэ «Адыгэ псалъэ» газетым и жэрдэмкIэ КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм илъэс зыбжанэ хъуауэ ди щIыналъэм щрегъэкIуэкI «Си бзэ — си псэ, си дуней» республикэпсо зэпеуэ-фестивалыр. Абы и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэм къыхыхьэ IэмалыщIэхэм тету анэдэлъхубзэр егъэджынымкIэ бгъэдыхьэкIэщIэхэр къэгъэнэхуэныр, Iэзагъ ин яхэлъу ахэр зи лэжьыгъэм хэзыпщэф курыт школхэр, сабий IуэхущIапIэхэр, егъэджакIуэхэр, гъэсакIуэхэр гъэпэжэныр, абыхэм я зэфIэкIым псори щыгъэгъуэзэныр. Фестиваль-зэпеуэм и зи чэзу Iыхьэм иджыблагъэ щыпащащ Аруан куейм хыхьэ Черная Речкэ къуажэм дэт курыт школым. КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм и лэжьакIуэхэмрэ республикэм и егъэджакIуэ пажэхэмрэ зыхэт къэпщытакIуэ гупыр ирагъэблэгъат еджапIэм. ЩIызэхуэса Iуэхум и екIуэкIыкIэнум кIэщIу тепсэлъыхьа нэужь, егъэджакIуэхэмрэ абыхэм я гъэсэнхэмрэ фестивалым хуагъэхьэзыра лэжьыгъэр ягъэлъэгъуащ. Школым щекIуэкI егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэм къыщыщIидзэр пэщIэдзэ классхэрщ. Апхуэдэ япэ лъэбакъуэхэр ягурэ я щхьэрэ зэтелъу цIыкIухэм зэрачыр нэрылъагъу щыхъуащ 3-нэ классым. Дерсыр иригъэкIуэкIащ егъэджакIуэ гумызагъэ Дол Iэминат. «Си анэбзэр согъэбзэрабзэ» зыфIаща дерсым щызэпкърахащ Бицу Анатолэ и «Мамэ» усэр. Ещанэ классым щеджэ цIыкIухэм я анэхэм тращIыкIа сурэтхэмкIэ блыныр ягъэщIэрэщIат, гъащIэм нэхъ лъапIэу щабж анэм хуатха усэ едзыгъуэ цIыкIухэм къеджащ. Дерсым лъабжьэ хуэхъуа «Мамэ» усэм удихьэхыу Дадэ Рузанэ къеджа нэужь, едзыгъуэкIэ зэпкърахыурэ псалъащхьэ хуащIащ, и гупсысэ нэхъыщхьэр ягъэбелджылащ. Усэм къытрагъазэурэ еджа нэужь, абы Бицу Анатолэ щIилъхьа гупсысэр гугъу демыхьу къаIуэтащ: анэм хуэдэ зэрыщымыIэр, абы и Iуэхур дэгъэпсынщIэн, хуэсакъын, и гур хъумэн зэрыхуейр. Методикэ и лъэныкъуэкIэ тэмэму къызэгъэпэща дерсым егъэджакIуэм къыщыщыгъупщакъым «зыгъэпсэхугъуэ дакъикъэри». Iэминат и гъэсэн цIыкIухэм ребусхэм щыгъэпщкIуа псалъэхэр къахутащ, анэм теухуа уэрэд цIыкIу зэдыжаIащ. АдэкIэ егъэджакIуэм Iэзэу зэрилъытащ цIыхур анэм зэрыхущыт щIыкIэр, лъагъуныгъэр, анэдэлъхубзэр. Дэтхэнэ зыми и бзэм хуиIэ лъагъуныгъэр, абы хуищI пщIэр анэм и деж къыщожьэ. Зи бзэ зэзымыпэсыжым и лъэпкъри игъэпэжыркъым. Анэдэлъхубзэр зыгъэпудым, Iумпэм зыщIым анэри егъэпуд. Анэм къыбдилъхуа бзэр анэм хуэдэуи лъапIэщ. А тIури цIыхум и къежьапIэу зэрыщытыр къызыхэщ усэхэр адыгэбзэкIэ, тыркубзэкIэ, урысыбзэкIэ еджакIуэ цIыкIу- хэм ягъэIуащ. Мы дерсым и кIуэцIкIэ анэм теухуа псалъэжьхэр къащIэжащ, цIыхубзым ехьэлIауэ адыгэ хабзэм хэт Iуэхугъуэхэм щыщхэм тепсэлъыхьащ, я къуажэм къыдэкIа цIыхубз цIэрыIуэхэри гулъытэншэу къагъэнакъым. Дерсыр яухащ Бицу Анатолэ и псалъэхэмкIэ: «Сэ щызиIэр зы лъэIущ мы дунейм: Ныкъуэ мыхъуу зы жэщ я жей кIапэ, Анэу щыIэр IэфIу ирежей!» Шыгунэ ФатIимэ 7-нэ классым адыгэ литературэмкIэ щита урокым щытепсэлъыхьащ Нало Заур и «ЦIыху напэ» балладэм. Дерсым и кIуэцIкIэ еджакIуэ цIыкIухэм къапщытэжащ тхакIуэм и гъащIэмрэ и литературнэ лэжьыгъэмрэ, балладэм тращIыкIа теплъэгъуэр Iэзэу къагъэлъэгъуащ Медалы Алинэ, Шыгунэ Данэ, Къарэмызэ Алим, Нэдгъэгъу Роксанэ сымэ. Тхыгъэм къыщекIуэкI Iуэхугъуэхэр иджырей гъащIэм ирапхри зэпкърахащ, ныбжьыщIэхэр зэгупсысыпхъэ упщIэхэр егъэджакIуэм яхуигъэуващ: «ГъуэгурыкIуэм и пIэм фитамэ, сытыт фэ фщIэнур? ДыщрихьэлIэу пIэрэ, уд теплъэ ямыIэми, апхуэдэ цIыху лейзехьэхэм ди гъащIэм?» ЕджакIуэхэм я жэуапхэм лъабжьэ яхуэхъуат гъащIэм щагъэунэхуа, зыщрихьэлIа Iуэхугъуэхэр. Абыхэм гу лъыуагъатэрт гъуэгурыкIуэм къыкъуэкIа лIыгъэм хуэдэ зыхузэфIэмыкIын куэд нобэ ди гъащIэм узэрыщрихьэлIэнум. Абы и щхьэусыгъуэри цIыхур мылъкум зэригъэудэфарщ, абы къыхэкIыу напэмрэ укIытэмрэ мыхьэнэшхуэ зэрырамытыжырщ. Удым и образым щытепсэлъыхьым, еджакIуэ цIыкIухэм я гупсысэкIэр наIуэ къэзыщI жэуапхэр къатащ: «Апхуэдэ бзаджащIэхэм сытри къуащIэфынущ. Нобэрей ди щIэблэр гъуэгу пхэнж зэрытрагъэувэн Iэмал куэд къагупсысыф абыхэм, псалъэм папщIэ, фадэм драгъэхьэх, лIыжь-фызыжьхэм я гъэтIылъыгъэ мащIэхэр зыIэрагъэхьэн щхьэкIэ лей куэд зэрахьэ, уеблэмэ зи адэ-анэ-хэм едыгъуэжхэри щыIэщ. ИкIи дыхуейт, дэ тщыщ дэтхэнэ зыри ди гъащIэ гъуэгум уд щытыкIэ зиIэ гущIэгъуншэхэм дащыхуэмызэну». Балладэр тхакIуэм Щоджэн-цIыкIу Алий и фэеплъ щIищIам и щхьэусыгъуэр къазэрыгурыIуэм ехьэлIауэ къыжаIащ «Псэр щэи, напэ къэщэху» псалъэжьым къикIыр, напэр лIэщIыгъуэ бжыгъэхэм къапхрыкIа, гужьеипIэми кIуэдыпIэми адыгэр къизыша лъэпкъ фIыгъуэу зэрыщытыр. Дерсым къыщаIэта Iуэхугъуэхэр нэрылъагъу зыщI презентацэ IэкIуэлъакIуэу зэхалъхьат. «ЦIыху напэм» и теплъэгъуэхэр къыщыгъэлъэгъуа сурэтхэр художник лэжьыгъэхэм къазэрыкIэрыху щыIэтэкъым. Апхуэдэу къэгъэлъэгъуа хъуащ предметхэм яку дэлъ зэпыщIэныгъэхэр егъэфIэкIуэнымкIэ егъэджакIуэм Iэмал зыбжанэ къызэригъэсэбэпар. Дерсым зыщытепсэлъыхьа Iуэхугъуэхэр къызэщIакъуэжащ тест лэжьыгъэхэмкIэ. Гъуэгум зы кIэух имыIэ, иIэкъым щIэдзапIэ. Ущыуамэ, къэувыIи, Ечэнджэщ уи напэм. Мы усэ едзыгъуэмкIэ яухащ «ЦIыху напэм» теухуа урокыр. КъыкIэлъыкIуэ дерсыр щатащ 11-нэ классым. ЕгъэджакIуэ Бжьыхьэ Сулимэ зыхуигъэувыжар иужьрей илъэсхэм адыгэбзэмкIэ яджар къэпщытэжынырт, къызэщIэкъуэжынырт, егъэфIэкIуэнырт. Ахэр къехъулIэн папщIэ абы Iэмал зыбжанэ къигъэсэбэпащ. Дерсым лъабжьэ хуэхъуа, Хьэвжокъуэ Людмилэ и «Адыгэ пшынэм» езы усакIуэр къеджащ. КъызэрыщIэкIымкIэ, Людмилэ щеджар а школырат. Усэр къагъэсэбэпурэ абыхэм къапщытэжащ синтаксисыр: псалъэухам хэт псалъэхэм я зэкIэлъыкIуэкIэр, псалъэуха зэхэлъхэр, къызэрыгуэкIхэр, щхьэ белджылы зиIэхэр, зимыIэхэр, зэхэлъ-зэгъусэхэр, нэгъуэщIхэри. Макъамэ къызэрыкI адыгэ Iэмэпсымэхэм зэреджэхэр къагъэсэбэпурэ, вводнэ, зэрызыхуагъазэ псалъэхэр хэту псалъэуха къагупсысащ, абыхэм щагъэува нагъыщэхэр къагъэлъэгъуащ. ЕджакIуэхэр жыджэру зыхэлэжьыхьа дерсым мураду зыщыхуагъэувыжар къайхъулIауэ къэплъытэ хъунущ. Псом хуэмыдэу, Шурдым Анзор адыгэбзэмкIэ и щIэныгъэр зэрыкуур къэпщытакIуэхэм гъэщIэгъуэн ящыхъуащ. «Эльбрус телъыджэ!» Арат и темэр 11-нэ классым щекIуэкIа урок зэIухам. Географиер езыгъэдж Псэун Светланэ лъэпкъ компонентыр и лэжьыгъэм къызэрыщигъэсэбэпыр къыщигъэлъэгъуащ мы дерсым. Дызэрыгушхуэ Iуащхьэмахуэ бгым теухуауэ еджакIуэхэм я щIэныгъэм хэгъэхъуэным къыдэкIуэу, ахэр хэкупсэу гъэсэным хуэгъэза къалэни зыхуигъэувыжат Светланэ. Дерсым IэкIуэлъакIуэу щызэхэухуэнат географиери, тхыдэри, IуэрыIуатэри, усыгъэри. Iуащхьэмахуэ нэхъыфIу къацIыхун папщIэ ныбжьыщIэхэм «къахуеблэгъащ» япэ дыдэ абы и щыгум дэкIа адыгэлI Хьэшыр Чылар. ХьэщIэ лъапIэм еджакIуэ цIыкIухэр «иришэжьащ» Iуащхьэмахуэ яригъэцIыхуну. Япэу ахэр къыщызэтеувыIар а къуршым лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэр зэреджэр къащIэнырт. Iуащхьэмахуэ и фIэщыгъэ псори, къапщтэмэ, 40 мэхъу. Абыхэм ящыщ зыбжанэр ягу къагъэкIыжащ. 2008 гъэм «Урысейм и телъыджэу 7» проектым щытекIуахэм ди Iуащхьэмахуи зэрахэтари, абы и щыгу дыкъуакъуэр ди республикэм и ныпым къызэрыщыгъэлъэгъуари къраIуащ. — Iуащхьэмахуэ и щыгум япэу дэкIар сэращ, — къажриIэрт Хьэшыр Чылар и ролыр зыгъэзащIэ ныбжьыщIэм. ИкIи, ар къызэрыхъуам и тхыдэр ягу къигъэкIыжащ. Удихьэхыу екIуэкIа дерсым зытепсэлъыхь Iуэхугъуэм хуэкIуэ усэ зыбжани щыжаIащ урысыбзэкIи адыгэбзэкIи, «Эльбрус» уэрэдри дахэу ягъэзэщIащ. Зыхуагъэувыжа къалэнхэр къайхъулIэн папщIэ Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ абы хуэкIуащ егъэджакIуэр. Псоми гъэщIэгъуэн ящыхъуауэ екIуэкIа дерсым еджакIуэхэм щIэ куэд къыщIахауэ жыпIэ хъунущ. Дэтхэнэ зы лъэпкъми езым и нэмыс, и хабзэ, и лъэпкъым ехьэлIа махуэ лъапIэхэр иIэжщ. Инджылызыбзэр езыгъэдж Медалы Светланэ утыку ирихьа дерсым щыхузэфIэкIащ хамэ къэрал лъэпкъхэмрэ адыгэхэмрэ я хабзэхэм зэщхьу узыщрихьэлIэ Iуэхугъуэхэр гъэбелджылыным. Абы папщIэ иджырей технологиехэр IэкIуэлъакIуэу къагъэсэбэпурэ, 8-нэ классым и еджакIуэ цIыкIухэр хэту къызэрагъэпэща «телемост» жыхуаIэм хуэдэкIэ зи гугъу сщIа хабзэхэм инджылызыбзэкIи адыгэбзэкIи тепсэлъыхьахэщ. Псалъэм папщIэ, илъэсыщIэм ажэгъафэм унэ-унэкIэ къикIухьу адыгэхэм я хабзэу щытам хуэкIуэ инджылызхэми яIэщ. Апхуэдэу ныбжьыщIэ цIыкIухэм къащIащ ди лъэпкъым бжьыхьэм гъавэр кърахьэлIэжа нэужь ящI тхьэлъэIум хуэдэ Америкэм щыпсэухэми зэраIэр. УмыгъэщIэгъуэн пхузэфIэкIынтэкъым еджакIуэхэм инджылызыбзэм хуэшэрыуэу зэрырипсалъэр. ЕгъэджакIуэмрэ и гъэсэнхэмрэ яку дэлъ зэхущытыкIэ хьэлэмэтыр нэрылъагъу щыхъуащ а зы дерсым. Медалым къиIэта темэм пызыщэ хуэдэт къыкIэлъыкIуэу къэпщытакIуэхэм я пащхьэ щагъэлъэгъуа дерсыр. Урысыбзэмрэ литературэмрэ езыгъэдж ЛъэмытхьэщI Зурьятрэ 6-нэ классым и еджакIуэ цIыкIухэмрэ «Европей лъэпкъхэм я усэхэм адыгэбзэкIэ зыщыгъэгъуэзэн» дерсым Iэзагъ хэлъу ди анэдэлъхубзэкIэ къыщеджащ хамэ къэрал усакIуэхэм я тхыгъэхэу Нало Зауррэ Ацкъан Русланрэ зэрадзэкIахэм. Лъэпкъхэм я зэхуаку дэлъын хуей зэныбжьэгъугъэр гъэбыдэным хуэгъэза лэжьыгъэр мы еджапIэм зэрыщекIуэкIыр нэрылъагъу щыхъуащ мы урокым. ЕджакIуэ цIыкIухэм бзэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ уэрэд ягъэзэщIащ, усэхэм къеджащ. ЕгъэджакIуэм Iэзагъыу хэлъ куэд наIуэ къыщыхъуащ мы махуэм къэпщытакIуэ гупым я нэгу щIэкIа урокхэм. Адыгэбзэмрэ литературэмрэ школым щезыгъэдж, лэжьыгъэфI куэдым я жэрдэмщIакIуэхэу Шыгунэ ФатIимэ, Бжьыхьэ Сулимэ, Абазэ Маринэ сымэ зэрылажьэ методикэхэмрэ я къалэн нэхъыщхьэхэмрэ кIэщIу щыгъуазэ защIащ. Ахэр щылажьэ пэшхэр зыхуеинкIэ къызэрызэгъэпэща щIыкIэри къапщытэну я къалэным хыхьэрт хьэщIэхэм. Нэрылъагъу пособие жыпIэми, иджырей компьютер технологие жыхуэтIэхэми — мы еджапIэм щылажьэхэр сытми зэрыхуэIэкIуэлъакIуэр нэрылъагъут. Еджэным къыщыдэхуэ зэманым сабийхэр зыдрагъэхьэх IэпщIэлъапщIагъэм щыгъуазэ щыхуэхъуащ пэш хуитхэм къыщызэIуха выставкэ-гъэлъэгъуэныгъэхэм. Директорым гъэсэныгъэмкIэ и къуэдзэ Нэгъуей Мадинэ къызэрыджиIамкIэ, школым щолажьэ кружок зыбжанэ. Абыхэм щрагъасэ сурэт ящIу, щэкIыр хадыкIыу, бисерым хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэр къыхащIыкIыу, пхъэм IэкIуэлъакIуэу елэжьыфу, адыгэ фащэ нэгъунэ ядыфу. КIэщIу жыпIэмэ, мы еджапIэм сабийм и зэфIэкIым сыт и лъэныкъуэкIи зыщрагъэужь. «Си бзэ — си псэ, си дуней» фестивалым школым и лэжьакIуэ гупым хуагъэхьэзыра классщIыб лэжьыгъэшхуэр теухуат адыгэ IуэрыIуатэм и пкъыгъуэ нэхъ ин дыдэхэм ящыщ нарт эпосым. Абы и къызэгъэпэщакIуэхэм я мурадт нартхэм яхэлъа хьэл-щэн дахэхэр, я дуней тетыкIар, зыщIэхъуэпсар, я гурыщIэр, лIыгъэр, хабзэ-нэмысыр зэрахэлъар еджакIуэхэм ирагъэщIэну. Нарт лIыхъужьхэм яхэлъа хьэл-щэн дахэхэм иджырей щIэблэр щыгъуазэмэ, гъэсэныгъэ и лъэныкъуэкIэ абы мыхьэнэшхуэ зэриIэр къалъытэу ягъэхьэзыра «Дэ доджэгу нарт лIыхъужьхэу» зыфIаща теплъэгъуэр щекIуэкIыр актовэ пэш инырат. ЕджакIуэ цIыкIухэм яхузэфIэкIащ нарт лIыхъужьхэм я дунейм зы тэлайкIэ укъыщагъэхутэну. Теплъэгъуэ къэс мыхьэнэкIэ щызэпыщIа, хъыбархэм я пычыгъуэхэри, уэрэдхэри, адыгэ къафэри IэкIуэлъакIуэу зыхэухуэна гъэлъэгъуэныгъэр хъуэхъуфIкIэ яухащ. Адыгэбзэмрэ хабзэмрэ я махуэшхуэр, купщIафIэу, нэгузыужьу екIуэкIар, джэгукIэ зэхуащIыжащ. КъэпщытакIуэхэм, хьэщIэхэм псалъэ гуапэ куэд жаIащ еджапIэм щекIуэкI егъэджэныгъэмрэ хэкупсэ гъэсэныгъэмрэ теухуауэ. ЕджапIэм и унафэщI Медалы Заур фIыщIэшхуэ яхуищIащ фестивалым жыджэру хэта ныбжьыщIэхэми, школым и лэжьакIуэхэми, хьэщIэхэ- ми: — Зи анэдэлъхубзэр зыIурылъ, зи лъэпкъ хабзэм куууэ щыгъуазэ дэтхэнэми и насыпщ. Унагъуэращ апхуэдэ гъэсэныгъэр къыщежьэр. Дэ ди къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ дерсым и дэтхэнэ дакъикъэри купщIафIэу къэгъэсэбэпыныр, дэтхэнэ еджакIуэми и къару дерсым хегъэлъхьэныр, адэ-анэхэр егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ Iуэхум къешэлIэныр. — Ахэр егъэджакIуэм къехъулIэным ди псалъэхэри IуэхущIафэхэри худогъэпс. Ди къуажэм щопсэу лъэпкъ 16-м къыхэкIахэр, абыхэм я сабийхэр дэ ди гъэсэнщ. Сыт хуэдэ лъэпкъым къыхэкIами езым и хабзэрэ бзэрэ иIыгъыжыну Iэмал щегъуэт ди деж, абы къыдэкIуэу адыгэбзэри ягъэшэрыуэ, ди хабзэри зэраIыгъыным яужь итщ. Дэ жэуаплыныгъэ дохь ди сабийхэр хэкупсэу къэгъэхъунымкIэ. Абы къыхэкIыу, нобэ фи нэгу щIэкIа махуэшхуэм хуэдэхэм мыхьэнэшхуэ яIэщ. ФIыщIэ яхудощI фестивалым и къызэгъэпэщакIуэхэми, ди хьэщIэ лъапIэхэми. Курыт еджапIэм щIэс цIыкIухэм я нэгум иплъагъуэрт дэрэжэгъуэмрэ нэжэгужагъымрэ икIи гурыIуэгъуэт а псори ди анэдэлъхубзэм хуаIэ лъагъуныгъэшхуэм я нэщэнэу зэрыщытыр. КъытщIэхъуэ щIэблэм адыгэбзэр яIурылъу, лъэпкъ тхыдэр, хабзэр ящIэу, екIуу зэрахьэу къэгъэтэджыным хуэфэщэн гулъытэ щигъуэт еджапIэм и унафэщIми егъэджакIуэхэми фIыщIэрэ щытхъурэ яхуэфащэщ. ЩОДЖЭН Iэминат.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28000.txt" }
Класс унафэщI нэхъыфI дыдэ Сонэ Ритэ Иджыблагъэ наIуэ къэхъуащ «Класс унафэщI нэхъыфI дыдэ» республикэпсо зэпеуэм кърикIуахэр. Бахъсэн куей администрацэм и пресс-IуэхущIапIэм хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, а цIэ лъапIэр фIащащ ПсыкIэху къуажэм дэт курыт школым урысыбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэдж Сонэ Ритэ. Сонэ Ритэ «Класс унафэщI нэхъыфI дыдэ» зэхьэзэхуэм мы гъэм хэтащ егъэджакIуэрэ социальнэ педагогыу 30-м нэс. Ахэр зэпеуащ унэтIыныгъэ зыбжанэкIэ: я Iуэху зехьэкIэр презентацэкIэ къагъэлъэгъуащ, егъэджэныгъэм нэхъыщхьэу къыщалъытэр яубзыхуащ, дерс зэIухахэмрэ зэIущIэ гъэщIэгъуэнхэмрэ ирагъэкIуэкIащ. Зэпеуэм набдзэгубдзаплъэу кIэлъыплъа къэпщытакIуэ гупым къалъытащ а унэтIыныгъэ псоми Сонэ Ритэ пажэ щыхъуауэ. Ар Сонэм и япэ ехъулIэныгъэкъым. 2008 гъэм ар щытекIуащ «Егъэджэныгъэ» урысейпсо лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ екIуэкI «УФ-м и егъэджакIуэ нэхъыфI» къэралпсо зэпеуэм. Ритэ апхуэдэу къыфIащащ «УФ-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэри. ТАМБИЙ Линэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28007.txt" }
Жылокъуэ Марьянэ Черкесск щытокIуэ Зи гугъу фхуэтщIыну хъыджэбзыр къыщалъхуари щапIари Алътуд къуажэрщ. Адрей цIыкIу псоми хуэдэу, уэрэд жыIэным сабий дыдэу дихьэхащ Жылокъуэ Марьянэ. 2000 гъэм щIэтIысхьащ къуажэм къыщызэIуаха музыкэ школым. Абы щIэсыху егугъуу еджащ, и зэфIэкIхэм папщIэ щIыхь тхылъхэри къыхуагъэфэщащ. Пианинэ еуэхэм я зэхьэзэхуэхэм зыбжанэрэ япэ увыпIэхэр къыщихьащ. Алътуд курыт школыр къиуха иужь, абы мурад ищIащ игурэ и псэрэ етауэ зыхуеджа IэщIагъэм нэхъ куууэ зыхигъэгъуэзэну. ИкIи ар щIэтIысхьащ Щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ колледжым хорым и дирижер IэщIагъэм зыщыхуагъасэ и къудамэм. Япэ махуэхэм щыщIэдзауэ Марьянэ ехъулIэныгъэфIхэр иIэу йоджэ. Марьянэ иджыблагъэ хэтащ дирижерхэмрэ уэрэджыIакIуэ ансамблхэмрэ я етIуанэ щIыналъэ зэпеуэм, Черкесск къалэм щекIуэкIам. Марьянэ абы япэ увыпIэр къыщихьащ, щытхъу, щIыхь тхылъхэр къратащ. Марьянэ Щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ колледжыр мы гъэм къеухри, и гур зыхуэкъабзэ Iуэхум дэрэжэгъуэ къриту ирилэжьэну дохъуэхъу. КIУЭКIУЭ ХьэIишэт.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28014.txt" }
Арэзы щытохъуэ КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен республикэм и муниципальнэ районхэмрэ къалэ округхэмрэ я щIыпIэ администрацэхэм я унафэщIхэм я зэIущIэ накъыгъэм и 24-м Дзэлыкъуэкъуажэ щригъэкIуэкIащ. Абы япэ щIыкIэ Къамылыкъуэ къуажэкIэм щагъэува мывэхьэж карьерыр къызэIуихащ, IэнатIэщIэм и щытыкIэм, и лэжьэкIэм зыхигъэгъуэзащ. Карьерым гектар 24-рэ еубыд, мывэхэр Балъкъ псыхъуэм къыдашынущ икIи пшахъуэкIэ, мывэкIэщхъ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ республикэм и ухуакIуэ организацэхэр къызэригъэпэщынущ. Къанокъуэ Арсен IэнатIэщIэм и унафэщIхэм ягу къигъэкIыжащ къабзагъэм хуэфащэ гулъытэ хуащIын, куейм и экологием хуэсакъын зэрыхуейр. КъыкIэлъыкIуэу хьэрычэтыщIэ IуэхущIапIэ цIыкIухэм папщIэ Дзэлыкъуэкъуажэ щаухуэ бизнес-инкубаторым щыIащ. Апхуэдэу лъхуапIэ унэр зэгъэпэщыжыныр кIыхьлIыхь щIэхъуар зэхигъэкIащ, район сымаджэщыр зыхуей хуэгъэзэным мы гъэм щIадзэну пщэрылъ ящищIащ. Абы сом мелуан 35-рэ хухахынущ. ЗэIущIэр къыщызэIуихым, республикэм и Iэтащхьэм къыхигъэщащ иужьрей илъэсхэм Дзэлыкъуэ районым и социально-экономикэ гъащIэм зэхъуэкIыныгъэфIхэр къызэрыщыхъур. Псом япэу ахэр щынэрылъагъущ жыг хадэхэр гъэкIынымрэ Iэщ гъэхъунымрэ я IэнатIэхэм. Сабийуэ къалъхумкIэ республикэм щынэхъыфIхэм ящыщщ, хьэрычэтыщIэхэм я бжыгъэм хохъуэ, IэнатIэншэу зезыгъэтххэм кIэроху. — Фи щIыр фи къулеигъэщ. Ар бэджэнду къафщтэурэ, хэхъуэ къевгъэт хъунущ. ЩIыр къеIыхыным пыщIа Iуэхум лъэпощхьэпо къыхагъэкIмэ, зыкъытхуэвгъазэ, дэ абы хуэфащэ унафэ тетщIыхьынщ. Унагъуэ хозяйствэхэм зедгъэужьын, цIыхухэр абыхэм тедгъэгушхуэн хуейщ. Псалъэм папщIэ, жыг хадэ зезыхьэнухэм кредит къыщащтэкIэ защIэгъэкъуапхъэщ, — къигъэлъэгъуащ Къанокъуэ Арсен икIи апхуэдэхэм жыджэру ядэлэжьэну Мэкъумэш хозяйствэмкIэ министерствэм пщэрылъ щищIащ. Экологие и лъэныкъуэкIэ ерыскъыпхъэ къабзэхэм яIэ щIэупщIэм и гугъу щищIым, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм къыхигъэщащ инвестицэ проект ин районым зэрыщагъэзэщIэнур. Джэдкъазылым щелэжьыну а IэнатIэм къэрал шэсыпIэ къыхузэрагъэпэщащ. Къанокъуэ Арсен зэпкърыхауэ къытеувыIащ япэ игъэщыпхъэу къилъытэхэмрэ лъэпощхьэпохэр зыхуэдэмрэ, илъэс куэдкIэ зэтрихьа ныкъусаныгъэхэр зэуIуу, зэкIэлъыхьауэ, фейдэ пылъу ягъэзэкIуэжын папщIэ къапэщыт къалэнхэм, щIыналъэ, федеральнэ программэ хэхахэр зэрагъэзэщIэну щIыкIэм. КъБР-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Мусуков Алий зэхуэсахэр хигъэгъуэзащ социально-экономикэ зыузэщIыныгъэ и лъэныкъуэкIэ куейм и рейтинг оценкэр зыхуэдэм. Абы зэрыжиIамкIэ, районым цIыху мин 49-рэ щопсэу, сабийуэ къахэхъуэр республикэм ику иту къыщалъхум щIегъу. Куейм и предприятэхэм цIыху 3600-рэ щолажьэ, IэнатIэншэу ятхар 971-рэ мэхъу. ПредприятипщIым щыщу бгъур ерыскъы промышленностым хуозэ. Нэгъабэ езыхэм я хэхъуэхэм хуэдитIкIэ нэхъыбэ хузэщIагъэуIуащ, налогыу къыхэкIыр хуэдищым нагъэсащ. Дзэлыкъуэ районым и экономикэ щIыпIэ хэхам министрыр щхьэхуэу къытеувыIащ. — Илъэсым цIыху мини 10-м нэблагъэ щызэблэкIыну Джылы-Су курортым инвестицэу сом мелард 12-м щIигъу къыщагъэсэбэпынущ, Нартсанэ икIыу абы кIуэ автомобиль гъуэгур мы гъэм хьэзыр хъунущ, — къыхигъэщащ Мусуков Алий. ИужькIэ Дзэлыкъуэ муниципальнэ районым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Шэт МэчрэIил зэIущIэм щызэпкърихащ социальнэ, экономикэ зыужьыныгъэ я лъэныкъуэкIэ 2011 — 2012 гъэхэм я Iуэхухэр зыхуэдар. Абы къызэригъэлъэгъуамкIэ, куейм и бюджет зэхэтым и хэхъуэхэмкIэ нэгъабэ къапэщытар процент 87,7-кIэ (сом мелуан 520,3-рэ), езыхэм я хэхъуэхэмкIэ — проценти 101,6-кIэ ягъэзэщIащ. Дотацэ, субвенцэ, субсидие щIыкIэу сом мелуан 367,9-рэ къратащ. Ар хухахын хуеям и процент 83-рэ мэхъу. 2011 гъэм налогрэ абы щымыщу сом мелуан 80,8-рэ, илъэс кIуам мелуани 152,4-рэ къаIэрыхьащ. — Нэгъабэ куейм сом меларди 4,5-рэ и уасэ продукцэ къыщалэжьащ. Мы гъэм абы проценти 6,2-кIэ щIедгъэгъуну ди мурадщ. Хозяйствэ лIэужьыгъуэ псоми гъавэу тонн мин 98,4-рэ къыщрахьэлIэжащ. Ар илъэс кIуам елъытауэ процент 13-кIэ нэхъыбэщ. ПсынщIэу зызыужь жыг хадэу гектари 182-рэ хасащ. Мы гъэм ахэр гектар 500-м нэдгъэсынущ. Нэгъабэ лыуэ тонн мини 6,1-рэ, гъэшу тонн мин 73,6-рэ къалэжьащ, джэдыкIэу мелуан 13,3-рэ кърахащ. А бжыгъэхэр 2011 гъэм диIахэм щIегъу. Iэщышхуэу яIыгъыр мин 48-м, мэл-бжэнхэр мин 83,2-м, джэдкъазу ягъэхъур мин 383-м нэдгъэсынущ, — къигъэлъэгъуащ къэпсэлъам. — «Уней подсобнэ хозяйствэ» программэ гуэдзэм ипкъ иткIэ, сом мелуан 19-м хуэзэ кредиту 675-рэ ди мэкъумэшыщIэхэм къыIахащ. 2011 — 2012 гъэхэм къриубыдэу мэкъумэш техникэщIэу 83-рэ къащэхуащ, жэщ-махуэм гъавэу тонн 400 щагъэгъущ агрегатитI ягъэуващ, мы гъэми тонн 900-м тещIыхьауэ апхуэдиз ирагъэжьэнущ. Фермер щIэзыдзагъащIэхэмрэ унагъуэ Iэщ фермэхэмрэ, зэрызэкIэлъыкIуэм хуэдэу, субсидиеу сом мелуан 32-рэ, мелуани 171-рэ яхухэтхащ. ЩIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм зэрыжиIамкIэ, куейм и промышленнэ предприятэ нэхъ инхэмрэ курытхэмрэ сом меларди 3,2-рэ и уасэ продукцэ нэгъабэ къыщIагъэкIащ. УхуакIуэ организацэу плIы, псэуалъапхъэхэр щагъэхьэзыру пщыкIущ яIэщ. Псори зэхэту ухуэныгъэ-монтаж лэжьыгъэу сом мелуан 505-рэ и уасэ ирагъэкIуэкIащ. Фэтэр куэду зэхэт унэу 5, еджапIэу 9 зэрагъэпэщыжащ. ФэтэритI хъу псэупIэу пщыкIуз, фэтэрищым хуэдэу щы, футбол джэгупIэ котельнитI яухуащ. Езы цIыхухэм я къарукIэ псэупIэу метр зэбгъузэнатIэ мин 23,4-рэ хьэзыр ящIащ. Районым и псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэм псэупIэу метр зэбгъузэнатIэ мин 48,8-рэ, котельнэу 41-рэ, хуабэ гуэшыпIэу километри 9, трансформатор подстанцу 312-рэ, псыкIэ къызэзыгъэпэщ ухуэныгъэу 20, фIей щIэжыпIэу километри 6, псы бжьамийуэ километр 398,9-рэ, газ кIуапIэу километр 474-рэ, электросету километр 928-рэ хохьэ. Ахэр предприятэ, организацэ лIэужьыгъуэ 26-м зэрахьэ. КъБР-м ЭнергетикэмкIэ, ЖКХ-мрэ тариф политикэмкIэ и министерствэр я щIэгъэкъуэну, Малкэ къуажэм котельнэ цIыкIум хуэдэ щагъэуващ, мы гъэми а Iуэхум пащэнущ, жьы хъуа псы кIуапIэ бжьамийхэр яхъуэжынущ. — ЦIыхухэр къешэкIыныр «Дзэлыкъуэ АТП» МУП-м, щхьэзакъуэ хьэрычэтыщIэу тхум къызэрагъэпэщ. Псори зэхэту автомобиль гъуэгухэм километр 906-рэ я кIыхьагъщ. Ахэр зехьэнымрэ зэгъэпэщыжынымрэ нэгъабэ сом мелуан 17,6-рэ хэтлъхьащ, Сэрмакърэ Каменномострэ я зэхуакум щыIэ лъэмыжыр псыдзэм трихати, пIалъэ кIэщIкIэ щIэ тхутралъхьащ. «Урысей Ипщэ» федеральнэ программэ хэхам хыхьэу, километр 71-рэ хъу Нартсанэ — Нарзаныпсхэм я ауз-Джылы-Су автомобиль гъуэгущIэр яухуэ. Отчет лъэхъэнэм къриубыдэу гъуэгу лэжьыгъэу сом мелуан 568,5-рэ и уасэ зэфIагъэкIащ, — жиIащ Шэт МэчрэIил. — IэнатIэ цIыкIуу 169-рэ, щхьэзакъуэ хьэрычэтыщIэу 1741-рэ диIэщ. Лэжьэгъуэ ныбжьым итхэм я процент 26-р бизнес мащIэм хэтщ. Налогрэ абы щымыщу районым къыщыхэкIым и процент 89-р IуэхущIапIэ мыинхэм хуозэ. 2012 — 2015 гъэхэм хьэрычэтыщIэ IэнатIэ цIыкIухэмрэ курытхэмрэ зэрызедгъэужьыну муниципальнэ программэ хэхар догъэзащIэ. А IуэхущIапIэхэм я щIэгъэкъуэн щIыпIэ Фондым, мэкъумэш потребительскэ кредит кооперативхэм, езы цIыхухэм я кооперативым къыщIэупщIэхэм мылъку хухах. 2011 — 2012 гъэхэм къриубыдэу инвестицэу сом мелардрэ мелуан 67-рэ зэщIэдгъэуIуащ. Къэрал шэсыпIэхэр зиIэ инвестицэ проектхэр дгъэзэщIэну, IэнатIэщIэу мини 2 къызэIутхыну ди мурадщ. Абыхэм сом меларди 4,6-м нэблагъэ хуозэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым турист кластер къыщызэригъэпэщыну экономикэ щIыпIэ хэхам Дзэлыкъуэ куейр хагъэхьащ. Ар гектар мин 16 мэхъу. «Джылы-Су» комплексым инвестицэ хузэщIэгъэуIуэныр районым и социально-экономикэ зыужьыныгъэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ къалэнхэм ящыщщ. Абы IэнатIэщIэхэр къыдитынущ, ди цIыхухэм я псэукIэр иригъэфIэкIуэнущ. ЩIыпIэ администрацэм и унафэщIыр щхьэхуэу къытеувыIащ егъэджэныгъэмкIэ, узыншагъэр хъумэнымкIэ, щэнхабзэмкIэ, физкультурэмрэ спортымкIэ IуэхущIапIэхэм я лэжьыгъэр зыхуэдэм. Куейм ныбжьыщIэ 5328-рэ щрагъаджэ, зи школ кIуэгъуэ мыхъуа сабийуэ 2377-рэ щагъасэ. Мы зэманым егъэджакIуэхэм я мазэ улахуэр ику иту сом 21500-рэ, гъэсакIуэхэм яйр — сом 15200-рэ мэхъу. ЩыщIэныгъэхэм ящыщу къыхигъэщащ Светловодск, Шордакъ къуажэ школхэм сменитIу зэблэкIыу зэрыщрагъаджэр, сабий гъэсапIэхэр тIысыпIэ 455-рэ зэрыхущыщIэр, унэлъащIэхэр зэрахуэмыхъуэжыр. Куейм сымаджэщи 4, амбулаторэ-поликлиникэ IуэхущIапIэу 12, абыхэм я «ДэIэпыкъуэгъу псынщIэ» къудамэу 5 щыIэщ. ЩеIэзэ, профилактикэ щащI къуажэ IуэхущIапIэхэм ягъакIуэ IэщIагъэлI щIалэхэм ядоIэпыкъу. Апхуэдэ щIыкIэкIэ, IэщIагъэ зэмылIэужьыгъуэ зиIэ дохутыр 19-м нэгъабэ зыщIагъэкъуащ. ЩэнхабзэмкIэ IуэхущIапIэ 17-м клуб зэгухьэныгъэу 186-рэ щолажьэ, абыхэм цIыху 4040-м щIигъу хэтщ. Гупищым «ЦIыхубэ», тIум «Щапхъэ зытрах» цIэхэр зэрахьэ. Районым и къэфакIуэхэмрэ уэрэджыIакIуэхэмрэ дунейпсо, урысейпсо, щIыналъэ, республикэ фестивалхэм, зэпеуэхэм мызэ-мытIэу бжьыпэр щаубыдащ, увыпIэ нэхъыфIхэр къыщахьащ. ЦIыхубэ творчествэм дихьэххэр миниплIым щIегъу, сабий 496-рэ музыкэм хуоджэ, библиотекэ 20-м я Iуэхутхьэбзэхэр цIыху 13186-м къагъэсэбэп. НыбжьыщIэ 3747-м спортым зыхуагъасэ. Республикэ, урысей, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм нэгъабэ увыпIэ нэхъыфIу 36-рэ къыщахьащ. «2009 — 2015 гъэхэм КъБР-м физическэ щэнхабзэмрэ спортымрэ зэрызыщаужьынур» республикэ программэ хэхам тету, Псынэдахэ къуажэм футбол джэгупIэ IэрыщI щаухуэ. Ар мы гъэм ятынущ. Апхуэдэу Сэрмакъ, Малкэ жылагъуэхэм нэгъабэ ФОК-хэр (физкультурэ, узыншагъэр щрагъэфIакIуэ комплекс) къыщрагъэжьащ. Ахэр етIанэгъэ и мэкъуауэгъуэ, фокIадэ мазэхэм яухыну я мурадщ. Жылагъуэ организацэхэмрэ щIалэгъуалэ зэщIэхъееныгъэхэмрэ я IуэхущIафэм тепсэлъыхьа нэужь, Шэт МэчрэIил зэпкърихащ республикэм и Iэтащхьэм муниципальнэ районхэмрэ къалэ округхэмрэ я щIыпIэ администрацэхэм я унафэщIхэм 2011 гъэм шыщхьэIум и 25-м ядригъэкIуэкIа зэIущIэм къыщигъэувауэ щытахэр гъэзэщIа зэрыхъур, абы и лъэныкъуэкIэ зыхунэсахэмрэ дяпэкIэ къапэщытхэмрэ. Къанокъуэ Арсен къигъэлъэгъуащ отчет лъэхъэнэм къриубыдэу Дзэлыкъуэ районым лэжьыгъэ хъарзынэ зэрыщызэфIагъэкIар икIи къуажэ администрацэхэм я Iэтащхьэхэм чэзууэ псалъэ яритащ. Я жылэм дэлъ гугъуехьхэм, я цIыхухэр нэхъ зыгъэпIейтейхэм ящыщу абыхэм нэхъыбэу къыхагъэщар псым и Iуэхумрэ лъэмыжхэм я щытыкIэмрэщ. Къыхалъхьа чэнджэщхэмрэ жэрдэмхэмрэ зэхэхауэ ятхащ. Дэтхэнэри куууэ яджынущ, я мыхьэнэ елъытауэ зэпкърахынурэ, куейм и социально-экономикэ зыужьыныгъэм и программэм хагъэхьэнущ. ЗэIущIэр щызэхуищIыжым Къанокъуэ Арсен къигъэлъэгъуащ властымрэ бэмрэ зэзышалIэ, нэхъри нэхъ гъунэгъу зэхуэзыщI Iуэхугъуэхэр республикэм и щIыпIэ псоми зэIухауэ зэрыщрагъэкIуэкIынур, абы папщIэ Iэмал гъэунэхуахэр егупсысауэ, сэбэпынагъ пылъу къызэрагъэсэбэпынур, жылагъуэхэм я лIыкIуэхэм хэхауэ зэрахуэзэнур. Зэхыхьэм хэтащ КъБР-м и Парламентым и Тхьэмадэ Чеченов Ануар, Правительствэм и УнафэщI Хьэсанэ Руслан, абы и къуэдзэхэу Марьяш Иринэ, Уянаев Казым, Портэ Галинэ, Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, министрхэр, ирагъэблэгъа къулыкъущIэхэр, IуэхущIапIэхэмрэ къуажэдэсхэмрэ я лIыкIуэхэр. Хьэжыкъарэ Алик.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28017.txt" }
Нобэ Гъунапкъэхъумэм и махуэщ Азербайджаным и къэрал махуэшхуэщ — республикэм и махуэщ Сахалин ягу къыщагъэкIыж 1995 гъэм щIыр зэрыщыхъеям хэкIуэдахэр. А къэхъукъащIэ шынагъуэм къанэ щымыIэу зэтрикъутат Нефтегорск жылагъуэр. 1923 гъэм Адыгейм и профсоюзхэр къызэрагъэпэщащ. 1928 гъэм Мейкъуапэ лэжьэн щыщIидзащ Адыгейм и тхылъ тедзапIэм. АР-м, КъБР-м, КъШР-м я цIыхубэ тхакIуэ, СССР-ми УФ-ми я Къэрал саугъэтхэм, Шолоховым и цIэр зезыхьэ, ДАХ-м я саугъэтхэм я лауреат, Адыгэ Республикэм и Гимныр зытха МэшбащIэ Исхьэкъ и ныбжьыр илъэс 82-рэ ирокъу. Киноактер, КъБР-м и цIыхубэ артист, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Молей Барэсбий и ныбжьыр илъэс 83-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, уэшх тIэкIу къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 19 — 21-рэ, жэщым градус 14 — 15 щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28025.txt" }
Иужьрей уэзджынэ Щэбэт кIуам ди республикэм и школхэм къыщеуащ иужьрей уэзджынэ. ШколакIуэ ныбжьым ит дэтхэнэм и дежкIи мыхьэнэшхуэ иIэщ а Iуэхугъуэм. иужьрей уэзджынэр псом хуэдэжкъым курыт школыр къэзыух ныбжьыщIэхэм я дежкIэ. А махуэр нэхъыбэу зытеухуа ныбжьыщIэхэм я гуфIэгъуэр даIэтащ адэ-анэхэм, егъэджакIуэхэм, КъБР-м и Правительствэмрэ Парламентымрэ я лIыкIуэхэм, къалэ, къуажэ администрацэхэм я IэщIагъэлIхэм. ДэнэкIи хуэдэу, а махуэр Iэтауэ щагъэлъэпIащ Налшык дэт гимназие №1-м. Мы гъэм ар къаух еджакIуэ 26-м. Ахэр щеджащ профиль зэхэхауэ гуэша классхэм. Махуэшхуэм кърихьэлIат хьэщIэ лъапIэхэу КъБР-м и правительствэм и унафэщIым и къуэдзэ Портэ Галинэ, КъБКъУ-м и филологие къудамэм и кафедрэм и унафэщI Башиевэ Светланэ, Налшык къалэ Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и департаментым и къудамэм и унафэщI Щомахуэ Ларисэ, нэгъуэщIхэри. Къызэхуэсахэм гуапэу ехъуэхъуащ Портэ Галинэ. — Махуэ зыбжанэ дэкIмэ, фэ фщыщ языныкъуэхэр къэралым и еджапIэ нэхъыщхьэ зэмылIэужьыгъуэхэм я студент хъунущ, фэ иджыри къыфпэщылъщ зыуэ щыт къэрал экзаменхэр. Шэч къытесхьэркъым а къэпщытэныгъэхэм фазэрыпэлъэщынум. Иужьрей уэзджынэр угъурлы фхуэхъуну, гъащIэм фи увыпIэ щывгъуэтыну, гупсысэ Iущхэр зи лъабжьэ Iуэху екIу куэд зэфIэфхыну сынывохъуэхъу, — захуигъэзащ Портэм ныбжьыщIэхэм. ГуфIэгъуэ зэIущIэр щекIуэкI зал хуитышхуэр гъэщIэрэщIат удз гъэгъахэмрэ шар зэмыфэгъухэмкIэ. Школыр къэзыуххэм папщIэ концертрэ теплъэгъуэ гъэщIэгъуэнхэмрэ ягъэхьэзырат. Япэ классыр къэзыуххэм гушыIэ усэ сатырхэр я ныбжьэгъу нэхъыжьхэм хузэхалъхьат. Презентацэм и сурэтхэм щыплъагъурт къэзыуххэм я сабиигъуэм къыщыщIэдзауэ школ гъуэгуанэм зэрытета щIыкIэр. Балигъ гъащIэм хэбакъуэ ныбжьыщIэхэм я класс унафэщIхэм папщIэ яуса уэрэдхэр гум къинэу ягъэзэщIащ икIи псалъэ гуапэхэмкIэ зыхуагъэзащ школым и унафэщI Уэрдокъуэ Лидэ, егъэджакIуэ Тоноян Ольгэ, Шыгъушэ Маринэ сымэ. Илъэс 11 зи кIыхьагъ школ гъуэгуанэр къакIуауэ нобэ гъащIэщIэм лъэбакъуэ хэзычэ ныбжьыщIэхэм дохъуэхъу ехъулIэныгъэ яIэну. ЩОДЖЭН Iэминат.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28027.txt" }
Псэм япэ напэр ирагъэщ Тыркум къраткI Эрдогъан и телеграммэмрэ Истамбыл къыщызэIуаха «ГъащIэ жыгымрэ» Тырку Республикэм и премьер-министр Эрдогъан Раджаб-Тайип адыгэхэм я щыгъуэ махуэм ди гуауэр къыддигуэшащ. Премьер-министр Эрдогъан адыгэ пыIэр йокIу. Урыс пащтыхьыгъуэм и зэманым зи Хэкур зрагъэбгына адыгэ лъэпкъым накъыгъэм и 21-р и фэеплъ махуэщ. Дунейм щызэбгрыдза ди лъэпкъэгъухэм илъэс къэс абы хуэгъэпса пэкIухэр щыпсэу щIыналъэхэм щрагъэкIуэкI. Апхуэдэу Истамбыл хыхьэ Къартал хьэблэм а махуэм къыщызэIуахащ Налшык дэт «ГъащIэ жыг» фэеплъ сыным хуэдэ, ауэ нэхъ цIыкIуу. ЗэIущIэм хэтыну ирагъэблэгъат Тыркум и премьер-министрыр. Ар пэкIум хэмытыфами, адыгэхэм я гуауэр зэрадигуэшыр къыщыгъэлъэгъуа телеграммэ яхуигъэхьащ. адыгэхэм лей къазэрытехьар къыхэщу мыпхуэдэ тхыгъэ Тырку Республикэр зэраухуэрэ иджы япэу къэрал лIыщхьэхэм къабгъэдэкIыу аращ. Премьер-министрым КАФФЕД-м и тхьэмадэ Шыгъэлыгъуэ Уэджид (Кадыоглу) къыхуигъэхьа телеграммэм итщ: «Кавказ Хасэхэм я Федерацэм и жэрдэмкIэ евгъэкIуэкI щыгъуэ пэкIум сызэревгъэблэгъам папщIэ фIыщIэ фхузощI. И щIыуэпсым и дахагъэм и мызакъуэу, геополитикэ и лъэныкъуэкIи зэныкъуэкъушхуэхэр щекIуэкI щIыналъэу зи цIэр Iуа Кавказыр тхыдэ къулей зиIэ щIыналъэ телъыджэщ. Ар я хэщIапIэщ псэм япэ напэр изыгъэщ, цIыху куэд зыхэкIуэда зауэ лыгъейхэр къызэзынэкIыу, пщIэ лъагэ зыхуезыгъэщIыф лъэпкъ уардэу къызэтенам. ИлъэсищэкIэ екIуэкIа зауэм гугъуехь куэд хигъэтащ адыгэхэр, абыхэм я щхьэр щIрагъэхьэри, нэгъуэщI хэкIыпIэ ямыгъуэтыжу, Анадолэм и щIыпIэ зэхуэмыдэхэм къэIэпхъуэн хуей хъуащ. Нобэ Тыркум щыпсэу кавказ лъэпкъхэр абыхэм я щIэблэщ. Уэсмэн пащтыхьыгъуэм зи бжэр гуапэу зыхузэIуиха кавказ лъэпкъхэм я анэдэлъхубзэри, я хабзэри, щэнхабзэри яхъумэжу къэгъуэгурыкIуащ, я адэжьхэм я тхыдэр я щIэблэм ящIэу къагъэхъуащ. Истамбыл и Къартал хьэблэм къыщызэIуаха фэеплъ сыным деж. 2013 гъэ, накъыгъэм и 21 Сэ си фIэщ мэхъу илъэси 149-рэ хъуауэ лъэпкъым и щхьэ кърикIуа гуауэр зыщызымыгъэгъупща, абы хуэфэщэн пщIэ хуэзыщI лъэпкъым къэкIуэн дахэ зэриIэнур, я блэкIар зыхуэдэр зыщIэу къагъэхъу я щIэблэм я адэжьхэм я хабзэм пащэу зэрыпсэунур. Мыпхуэдэ зэхыхьэхэм нэгъуэщI лъэпкъхэр къызэрыхашэр, я гуауэр зэрыдагуэшыр ди зэкъуэтыныгъэм, зэкъуэшыгъэм я лъабжьэр зыгъэбыдэщ. Лъапсэрыхыр лъэпкъым къыхуэзыгъэкIуа гуауэшхуэр зи нэгу щIэкIа адыгэхэр Тхьэм и гущIэгъум фыхимын. Фэри къевгъэблэгъа хьэщIэ лъапIэхэми гурэ псэкIэ сэлам гуапэ фызох». Зытхыжар Хъуажь Фахърийщ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28030.txt" }
Олимпым ухуэзышэ гъуэгу Физическэ щэнхабзэмрэ спортымкIэ Налшык къалэ комитетым и сабий-ныбжьыщIэ спорт школым мастер класс щекIуэкIащ, Олимп Джэгухэм я чемпион Къардэн Муратрэ СССР-м спортымкIэ и мастер, алыдж-урым бэнэкIэмкIэ ДЮСШ-м и унафэщI Адыгэунэ Аскэррэ я унафэм щIэту. Олимпиадэхэм Iэмал имыIэу бэнэкIэр хэтын зэрыхуейм теухуа акцэм ипкъ иткIэ кърахьэжьа мыпхуэдэ Iуэхур Урысейм и мызакъуэу, нэгъуэщI къэралхэми щокIуэкI. Къардэн Мурат спортсмен ныбжьыщIэхэм къагуригъэIуащ олимп джэгухэм уахуэзышэ гъуэгур зэрыкIыхьыр икIи гугъуу зэрыщытыр. ЦIыкIухэм кърата упщIэ куэдым абы жэуап яритыжащ икIи и гуапэ хъуащ Олимп Джэгухэм бэнэкIэр къыхэнэным щIэныкъуэкъуну ахэр зэрыхьэзырыр. ЖАНОКЪУЭ Хьэутий.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28036.txt" }
Зэдэууэ щытокIуэ Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и гуп нэхъыщхьэм щекIуэкI зэхьэзэхуэм и ебгъуанэ джэгугъуэр зэхэтащ. Зэпеуэм пашэныгъэр щызыIыгъхэм абы зэдэууэ текIуэныгъэхэр къыщахьащ. Бжьыпэр зыIыгъхэм ящыщ «Кэнжэм» и футболистхэм «Спартак-Налшыкым» и щIалэгъуалэ гупыр хигъэщIащ. Бабугент къуажэм щекIуэкIа зэIущIэм щы-дагъэкIа топибгъум ящыщу тхур «ЛогоВАЗ»-м къехъулIэри, абыи пашэм зыкъыкIэрагъэхуакъым. Япэ ищахэм гъунэгъу дыдэ захуищIащ «Нартыр» бжыгъэшхуэкIэ хэзыгъэщIа «Бахъсэныр». Абы кIэлъоIэ «ГидроЭС»-м ефIэкIа «Къэхъуныр». Мы гъэм япэу фIахьэхуащ «Прохладнэм». Ар Къэрэгъэш къыщыхагъэщIащ. КъыкIэрыхухэм я зэIущIэм Тырныауз и «Эльбрус»-м щытекIуэри, «Тэрчым» турнир таблицэм мащIэу зыщиIэтащ. Иджы псоми къакIэрыхур сэрмакъдэсхэрщ. Гъуащхьауэхэми дагъэкIа топ бжыгъэм хагъахъуэ зэпытщ. Зэхьэзэхуэр зэрыщIидзэрэ абыкIэ зыри зылъэщIигъэхьэркъым «Бахъсэным» щыджэгу Танокъуэм. Абы топ 12 дигъэкIащ. Пашэм гъунэгъу дыдэ зыхуищIащ 11-рэ (иужьым 3 зэуэ) къыхэжаныкIа Жэбэтырым («Къэбэрдей»). Топ тIурытIкIэ япэ ищам къыкIэроху Тэтэрымрэ («Кэнжэ») ШащIэмрэ («Къэхъун»). АдэкIэ фыщыдгъэгъуэзэнщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и чемпионатым и зи чэзу джэгугъуэм къарикIуа бжыгъэхэм: «Тэрч» (Тэрч) — «Эльбрус» (Тырныауз) — 4:3, «ГидроЭС» (Налшык) — «Къэхъун» (Къэхъун) — 0:2, «Шэджэм-2» (Шэджэм ЕтIуанэ) — «Автозапчасть» (Бахъсэн) — 2:3, «Шагъдий» (Налшык) — «Къэбэрдей» (Шэрэдж Ищхъэрэ) — 3:4, «Нарт» (Нарткъалэ) — «Бахъсэн» (Бахъсэн) — 0:4, «Спартак-Д» (Налшык) — «Кэнжэ» (Кэнжэ) — 1:2, «ДЕР» (Щхьэлыкъуэ) — «Ислъэмей» (Ислъэмей) — 1:2, «Велес» (Къэрэгъэш) — «Прохладнэ» (Прохладнэ) — 1:0, «ЛогоВАЗ» (Бабугент) — «СК-Союз-Сэрмакъ» (Сэрмакъ) — 5:4. Хьэтау Ислъам.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28038.txt" }
ДифI догъэлъапIэ 1950 гъэхэм и кум Ленинград къэрал университетыр къэзыуха, филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, ЩIДАА-м и вице-президент Бэчыжь Лейлэ Iэбубэчыр и пхъур нобэ дуней псом къыщацIыху литературоведщ, критикщ. Абы адыгэ, абазэ, нэгъуей, къэрэшей литературэхэр щызэпкърих тхылъ, тхыгъэ куэд и Iэдакъэ къыщIэкIащ. Бэчыжьыр Къэрэшей-Шэрджэс гуманитар институтым и адыгэ къудамэм и гуащэщ, КъШР-м и ТхакIуэхэм я союзым и унафэщIщ. Нобэ Лейлэ и ныбжьыр илъэс бжыгъэ дахэ ирокъури, узыншагъэ быдэ, гукъыдэж иджыри куэдрэ иIэну дохъуэхъу. КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэ, Дунейпсо Адыгэ Хасэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэ, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академие.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28042.txt" }
МэшбащIэ Исхьэкъ: Дуней псом дыкъыщацIыхун хуейщ Адыгэ лъэпкъыр нобэ дызэрыгушхуэ цIыху щэджащэхэм, зэчийкIэ Тхьэр зыхуэупсахэм ящыщщ тхакIуэ телъыджэ МэшбащIэ Исхьэкъ. Абы и Iэдакъэ къыщIэ-кIащ роман, повесть, усэ гъуэзэджэ куэд. МэшбащIэм зэфIэкIышхуэ зэрыбгъэдэлъым, и тхыгъэхэр зэрыкупщIафIэм, мыхьэнэшхуэ зэраIэм и щыхьэтщ СССР-ми РСФСР-ми я къэрал саугъэтхэр, Горький Максим и цIэр зезыхьэ саугъэтыр къызэрыратар. Илъэс 60-м щIигъуауэ зи лъэпкъым псэ хьэлэлкIэ хуэлажьэ тхакIуэ гуащIафIэр нэхъ гъунэгъуу зэзгъэцIыхуну къыщысхуихуар мазэ кIуарщ: Исхьэкъ хэтащ ди республикэм къулыкъушхуэ зыбжанэ щызыIыгъа, лъэужь дахэ къызэзынэкIа Тыркуин Анатолэ и фэеплъ пшыхьу Мэздэгу къалэм щызэхашам. Пэжыр жысIэнщи, а лIым и зыIыгъыкIэр, и псэлъэкIэр, и Iэдэбагъыр, илъэс 80-м щхьэдэхауэ умыщIэну зэрыуардэр, зэрыжаныр гъэщIэгъуэн сщымыхъуу къэнакъым. Псоми къызэрацIыхур, зэрытхакIуэ цIэрыIуэр абы и напщIэ телътэкъым. Дауи, абы сыбгъэдыхьэну, зэзгъэцIыхуну, сепсэлъылIэну Iэмал зэрызгъуэтар къэзмыгъэсэбэпын схузэфIэкIакъым. Уеблэмэ, жып телефонкIэ сурэти тесхащ. — Исхьэкъ, узэплъэкIыжрэ къэпкIуа уи творческэ гъуэгуанэм уриплъэжмэ, сыт псом япэу уи гупсысэр зыхуэкIуэр? — Сэ литературэм сыхуэзышар адыгэ IуэрыIуатэрщ, адыгэ псысэхэрщ. Садэплъейуэ, гъуэгугъэлъагъуэу сиIар КIэрашэ Тембот, ЩоджэнцIыкIу Алий, КIыщокъуэ Алим, Хьэткъуэ Ахьмэд сымэщ. Абыхэм я жьауэм сыщIэту зысIэтащ. ЗысIэта нэужь, къэсцIыхуащ адрей классикхэм я тхыгъэхэри: Пушкин Александр, Гоголь Николай сымэ. Дэ, адыгэ тхакIуэхэр, нобэ иужь дитын хуейщ, дуней псом дыкъыщацIыхун папщIэ, лъэпкъ литературэр и пэкIэ зэрыдгъэкIуэтэным. Дэ жыг щхьэкIэм дыкъыпыхъукIакъым, уафэми дыкъехуэхакъым. Адыгэр дылъэпкъыжьщ. Дяпэ итахэм хабзэ-бзыпхъэ дахэ къытхуагъэнащ. Ар зэрытхъумэным, абы и дахагъэр нэхъыщIэхэм къазэрыгурыдгъэIуэным дыпымылъу хъунукъым. Дэ зауи бани дыхуейкъым, дызыхуейр дыпсэуну, зыдужьыну, ди Iуэхум пызыщэн щIэблэ тэмэм ди ужь къиувэну аркъудейщ. — Уэ ди хэкушхуэм фIыуэ укъыщацIыху. Къэралыр зэрыгушхуэу щыта тхакIуэ цIэрыIуэ куэдми уахуэзащ, дауи. Хэт сымэ къыхэбгъэщыну ухуейт абыхэм ящыщу? — Псом япэу Михалков Сергей Владимир и къуэр. Москва Литинститутым сыще-джэу, 2-нэ курсым сыщIэсу си тхыгъэ IэщIыхьащ абы и щхьэгъусэм — Наталье Петровнэ. Абы еджа нэужь я унэ срагъэблагъэри, тIуми псалъэ дахэ къызжаIащ, Михалков рекомендацэ къызитри СССР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм сыхагъэхьауэ щытащ 1954 гъэм, ныбжькIэ сыщIалэу. КъищынэмыщIауэ, мызэ-мытIэу сахуэзащ нэгъуэщI тхакIуэшхуэхэм — Паустовский Константин, Соболев Леонид, Долматовский Евгений — дэтхэнэм и цIэр жыпIэн. Ауэ, къытызогъэзэжри, сэ гъуазэу сиIар а нетIэ зи цIэ къисIуа ди адыгэ тхакIуэхэрщ. — Исхьэкъ, дызэрыщыгъуазэмкIэ, уи IэдакъэщIэкIхэм увыпIэшхуэ щаубыд адыгэм ди блэкIам, лъэпкъым гузэвэгъуэшхуэ къытхуэзыхьа Урыс-Кавказ зауэм. — А зауэм теухуауэ сэ сиIэщ романитху. Иужьу стха «Зи щIыпIэр зрагъэбгынахэр» зыфIэсщар дунейм къытехьа щIыкIэкъым, си стIолым телъщ хьэзыру. Абдежым щызухащ Кавказ зауэм тепсэлъыхь роман гупыр. Ауэ, сыт хуэдиз сымытхами, псоми сыщытопсэлъыхь адыгэм ди зэхэтыкIам, ди хабзэ-бзыпхъэм. Ахэр нобэ тIэкIу тщыгъупщэ хъуащ. Дэр-дэру зыкъэдмыIэтыжмэ, зыри дриуасэкъым, зытхъумэжын, фIыуэ дызэрылъагъун хуейщ. ИтIанэщ ди гъунэгъури, нэгъуэщI лъэпкъхэри, дызэрыс хэгъуэгури фIыуэ щытлъагъунур. КъыкIэлъыкIуэрауэ, ди щIэблэм нэхъыфIу къедгъэцIыхупхъэщ, нэхъыбэрэ я гугъу щIыпхъэщ Черкасскэхэм. Ахэр ящыщщ Урысейм и лъабжьэр зыгъэтIылъахэм, зыгъэбыдахэм: къэралым къулыкъу ин дыдэхэр щаIыгъащ, дзэзешэ цIэрыIуэу щытахэщ. Дэ абыхэм датемыпсэлъыхьмэ, адыгэм къызэрытхэкIар щIэблэм яхуэдмыIуатэмэ, нэгъуэщIхэм абы и Iуэху зэрахуэнукъым. МЫЗ Ахьмэд.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28044.txt" }
Сирием къикIыжахэр Налшык къалэ дэт «Джайлык» пансионатым Сирием къиIэпхъукIыжа адыгэ 37-рэ щопсэу. КъБКъУ-м и профессор Бакъ Зерэ абыхэм яIуигъэщIащ адыгэ гъащIэм игъэпIейтей щIалэгъуалэ гуп. Къызэхуэсахэр тепсэлъыхьащ лъэпкъ Iуэхум, бзэм. Нэхъыжьхэри нэхъыщIэхэри я гупсысэхэмкIэ зэдэгуэшащ, я Iуэху еплъыкIэхэр ягъэнэIуащ. Пансионатыр псэупIэ зыхуэхъуахэр нэхъыбэу зыгъэгуауэщхьэуэр куэдым я бын, щхьэгъусэ, Iыхьлы, благъэ Сирием къагъэнэн хуей зэрыхъуарщ. Зауэм кърихужьахэм я мылъку Iуэху зэрахуэнуи Iэмал яIакъым — щытыкIэр псэзэпылъхьэпIэт. Иджы ахэр зы унагъуэшхуэ хуэдэу зэдопсэу, езыхэм зэрыжаIэмкIи, зэсахэщи, зэрымылъагъумэ зэхуозэш, зызэщIагъакъуэ, я гукъеуэ зэраIуэтылIэ. ЩIалэгъуалэм яхэтщ еджапIэ щIэсхэри, школакIуэхэри, университет къэзыухахэри. Абы щопсэу сабий зыщIыгъухэри. — Мыр унапIэ тхуэхъуащи, псэкIэ дызэгъунэгъуу, дызэрылъытэу допсэу. КъыдгуроIуэ уи Хэку уисыжын нэхъ фIыгъуэ зэрыщымыIэр. Апхуэдизу анэдэлъхубзэм дыхуэзэшащи, ар зэхэтх пэтми зыдгъэнщIыркъым. Пэжщ, псалъэхэр занщIэу къытхуэубыдыркъым, итIани адыгэм игъэIу макъыр тхьэкIумэм фIэфIщ, телъыджэу ар псэм зыхещIэ. Зыгуэр хьэщIапIэ къытхуэкIуэрэ къыдэпсэлъылIэмэ, къыдэдаIуэмэ, дыкъыгурыIуэмэ, ар дэркIэ гуфIэгъуэшхуэщ, — жиIащ пансионатым щыпсэухэм я нэхъыжь Къат Риад. Щауэ Анас къыхигъэщащ къэкIуэжыным и Iуэху куэд щIауэ зэрызэрихуэр. АрщхьэкIэ, къегъэблагъэ тхылъым емыжьэуи хъуакъым. — Дыщыпсэунумрэ лэжьыгъэм и Iуэхумрэ гугъуехь пыщIащ. Пансионатым игъа-щIэкIэ ущIэс зэрымыхъунур гурыIуэгъуэщ, — жиIащ абы. Бакъ Зерэ къыхигъэщащ Сирием къикIыжахэр ягукIэ, я теплъэкIэ адыгэу къызэрынар зэригуапэр. Апхуэдэу щыщыткIэ, гукъыдэж уиIэ къудеймэ, бзэр зэбгъэщIэжыфынущ. Филологие щIэныгъэхэм я кандидат, усакIуэ Хьэвжокъуэ Людмилэ пансионатым щыпсэухэм и усэ тхылъ тыгъэ яхуищIащ, и IэдакъэщIэкIхэми къахуеджащ. ЗэIущIэм хэтахэм зэгъусэу сурэтхэр зытрагъэхащ. Мырзэкъан Дисэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28047.txt" }
Зи псалъэр нахуэ, зи Iуэхур дахэ, пэжыр зи тхыгъэхэм къыхэщ КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, тхакIуэ, усакIуэ Хьэх Сэфарбий ящыщщ лъэпкъ литературэм хэлIыфIыхьхэм. Хьэхыр лэжьыгъэ IэнатIэ куэдым пэрытащ: колхозым щылэжьащ, шахтым, фабрикэхэм, заводхэм, ухуэныгъэхэм, Шэрэдж район газетым и корреспонденту, район исполкомым и инструктору… Горькэм и цIэр зезыхьэ Литературэ институтыр (Москва) къиухащ. ИкъукIэ лэжьыгъэ купщIафIэ Сэфарбий иригъэкIуэкIащ «Ленин гъуэгу» (иджы «Адыгэ псалъэ») газетым щыIута илъэсхэм. 1972 гъэм къыщыщIэдзауэ пенсэм кIуэху, ар а газетым и корреспонденту, щэнхабзэмкIэ и къудамэм и унафэщIу лэжьащ. Мы зэманым усакIуэ, тхакIуэ ныбжьыщIэхэм щадэлажьэ «Шыхулъагъуэ» литературэ хасэр и нэIэ щIэтщ. Усэ тхылъхэр, рассказхэмрэ повестхэмрэ зэрытхэр Хьэхым къыдигъэкIащ адыгэбзэкIи урысыбзэкIи. «Пщэдджыжь бзыгъэ», «Толъкъун Iэсэ», «Бжьыхьэ макъамэхэр», «Махуэм дунейр и кIыхьагъщ», «Дадэкъуапэ», «Си хъуреягъкIэ», «МахуэщIэр кIадащхьэ течащ», «Курых», «Свежесть» тхылъхэри, тхакIуэм адрей и IэдакъэщIэкIхэри удэзыхьэхщ, гъащIэ зыхэлъщ. И IуэхущIафэ дахэхэм папщIэ, Хьэх Сэфарбий къыхуагъэфэщащ КъБР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и щIыхь тхылъыр. 1997 гъэм ар республикэм и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и саугъэтым и лауреат хъуащ. Псэемыблэж лэжьакIуэ зыхужаIэр Сэфарбий хуэдэрщи, дохъуэхъу и угъурлыгъэкIэ дунейр игъэнэхуну, и мурадхэр мы гъащIэм къыщехъулIэну. Ди газетеджэхэм ди гуапэу фи пащхьэ идолъхьэ Хьэх Сэфарбий и махуэшхуэм ирихьэлIэу дедгъэкIуэкIа псалъэмакъыр, къызэрыддэгуэша и гупсысэхэр. Уадыгэным урипагэу дунейм утетыныр сыт и уасэ! — «Талантыр цIыхум къыдалъху» — жаIэ. ПфIэкъабыл ар хьэмэ жыхуэтIэр зэбгъэхъулIэж хъун гуэру уеплърэ, Сэфарбий? Нэхъыбэу зи гугъу сщIыр тхэн-усэнырщ… — Абы теухуауэ «Си хъуреягъкIэ» тхылъым мыр щыжысIащ: Талантым пэрыуэфын, ар зыубыдын щыIэкъым, жаIэ. Сэ абы къытызохьэ шэч. Адрей псоми хуэдэу, мы дунеижьым зэригъэкIэрахъуэщ талантри. Куэд елъытащ зэманым, щIыпIэм, псэукIэм…». Моцарт и ади, и ани, и къуэш-шыпхъу нэхъыжьхэри — къэзылъхуаи къыдалъхуаи музыкэр я гъащIэу, я дунейуэ псэурт. Жэщыр хэкIуэтэпауэ щызэгъэж тIэкIум фIэкIа къэмынэу, я унэм къыщыIурт макъамэр е абы теухуа псалъэмакъ щекIуэкIырт. Иужь ихьэпами, Моцарт хузэфIэкIынутэкъым музыкэм пэIэщIэ зищIыну… НтIэ, а талантышхуэ къыдалъхуари зэриIэу, а зэман жыжьэм ди адыгэ къуажэхэм ящыщ зым, псалъэм папщIэ, Аушыджэр къуажэкIэм, къыщалъхуауэ щытамэ-щэ Моцарт? Хьэ банэ макъ нэхъ музыкэшхуэ зэхимыхрэ щIым и пэр етауэ белкIэ, гуахъуэкIэ лажьэу дунейм тетамэ? Моцартыну пIэрэт Моцарт? Композиторышхуэ хъун дэнэ къэна, музыкэ щыIэми щымыIэми имыщIэу, къигъэщIэнур къигъащIэу лIэжынкIэ хъунут. Ар япэм. Иджы-щэ? Дунейпсо зыужьыныгъэм зи хъыринэр щIиупскIэ къалэ нэхъ пэрыт дыдэм и курыкупсэм къыщыхутатэмэ-щэ а композитор иныр зыхалъхуа унагъуэр нобэ? Моцарт аргуэру Моцарт мыхъункIэ хъунут — сабий зырыз-тIурытI фIэкIа зэзымыгъэгъуэт адэ-анэм бын ебланэр (Моцарт ебланэу къалъхуат) дунейм къытрамыгъэхьэххэнри хэлът! МыбыкIэ жысIэну сызыхуейращи, дэтхэнэ зы Iэмэпсымэми хуэдэу, къызэрыбгъэсэбэпщ уи талантри. Уи жэмыр мэкъумылэншэмэ, шэмэдж зэщIэлъыкIа уиIэкIэ, сыт и мыхьэнэр?! Абы изогъэщхь талантри — къызэрыбгъэсэбэпщ. Тхэным куэд пыщIащ. Узыхуей пхъэм хуэдиз мэзым щыпыбупщIрэ унэм уекIуэлIэжакъэ, зыбгъэпсэху мэхъу. Абы хуэдэкъым тхэныр — мыбдеж гупсэхугъуэ уихуэркъым махуэми, уеблэмэ жэщми… — ЖыпIар нэхъ зэпкърозгъэхыну сыхуейт. Ущысабийм къыщыщIэдзауэ мис а щыIэ усэ гъэпсыкIэхэр бджыуэ, мардэ гуэрхэм зыхэбгъэгъуазэурэ укъыдэкIуэтеймэ-щэ? Абы щыгъуэми тхэныр талантыншэу къохъулIэнукъым, ара? — Талантым щыщ зы жылэ цIыкIу пхэмылъу зыри пхуэщIэнукъым, мис абы уимыгъэпсэууэ, укърихуэкIыу щымытмэ, стхынущ жыпIэу утIыскIэ пхуэтхынукъым… — Сэфарбий, лъэпкъ литературэм и нобэрей зыужьыкIэмрэ абы цIыхубэр зэрыхущытымрэ дауэ уеплърэ? — Ди литературэм зиужьауэ къысщохъу. ДиIэщ усакIуэфIхэр, тхакIуэфIхэр. Абыхэм я фIыщIэкIэ къэбэрдей литературэр и пIэм иуджыхьу щымыту, кIуэта хъуащ, къызэрысщыхъумкIи, йофIакIуэ. ЦIыхур тхылъ еджэжыркъым, жаIэ. Йоджэ хъарзынэу. «Мыпхуэдэ тхылъ деджати, къызэрытщыхъуар мыращ», — жаIэу я гупсысэхэр къаIуатэу куэдрэ зэхыбох. Зыгуэрым жиIауэ щытащ: «КъызэдаIуэр зы цIыху закъуэми, си гуи си пси хэслъхьэу схужыIэнущ уэрэд». Апхуэдэущ Iуэхум зэрыбгъэдыхьапхъэр. Уи тхыгъэм зы закъуэ нэхъ мыхъуми еджэну пщIэмэ, абы щхьэкIэ утхэ хъунущ. Тхыгъэр псоми зэхуэдэу ягу ирихьыну е иримыхьыну щыткъым, къазэрыгурыIуэнури зэмыщхьущ. Аращ литературэ жыхуаIэжыр. Птхыр хъумэ, абы Iэмал имыIэу щIэджыкIакIуи иIэнущ. Тхылъ къыдэкIхэр я щыхьэтщ нобэрей ди литературэм адэкIи гъуэгу зэриIэнум. — Нэхъыщхьэу тхакIуэхэм гулъытэ зыхуащIын хуейр сыт? — ГъащIэрщ. Уи художественнэ тхыгъэм гъащIэр къыхэмыщмэ, ар тэмэму цIыхум дежи пхунэхьэсынукъым. ГъащIэм и пэжыпIэрщ къэгъэлъэгъуэн хуейр, фэрыщIагъ хэмылъу… итIанэщ уи IэдакъэщIэкIыр лъапIэ щыхъунур. Япэ зэманым ирагъэлейуэ «дофIакIуэ, догъагъэ», — жаIэ фIэкIа, нэгъуэщIым тетхыхьу щытакъым, зыхуитри арат. Иджы… а фэрыщIагъыр щыIэжкъым, гъащIэм и пэжыпIэм ди напэкIуэцIхэр яубыд. Абы уегъэгуфIэ. — «Сэ сыусакIуэкъым, прозэрщ къызэхъулIэр», — жыпIэу тIэу-щэ зэхэсхащ. УсэкIэ къыщIэбдзэу прозэм зептыжыным сыт щхьэусыгъуэ хуэхъуар? — Си гъащIэр езыр прозэущ зэрызэхэтри, арагъэнщ. ИтIанэ, усэр гъащIэм ещхькъым, абы рифмэхэр щызэпэбжащ, моуэ хуиту щыткъым. Прозэращ, сэ къызэрыслъытэмкIэ, гъащIэм и купщIэр кърибгъэлъэгъуэну, и фIыпIэр къыщыбгъэнэхуэну нэхъыфIыр. Къапщтэмэ, литературэм и зыужьыныгъэр здынэсар къызэрапщытэри прозэрщ, аращ пщалъэ хъур. — Сэфарбий, уи Iэдакъэ-щIэкIхэр щIалэгъуалэми балигъми зэIэпахыу ядж. ЩIэджыкIакIуэм сыт щыгъуи фIэхьэлэмэтщ тхыгъэр зытхам ар къигупсысарэ гъащIэм пэжу къыхихарэ ищIэну… Уэ уи тхыгъэхэм нэхъыбэу сыт лъабжьэ яхуэхъур? — Псоми зэIэпахыу си тхыгъэхэм еджэу сщIэркъым… ауэ, лъабжьэ яхуэхъур жыхуэпIэм теухуауэ: сыт къэбгупсысми, абы уи гъащIэм къыщыхъуа гуэри пфIыхохьэ. Пэжщ, си гъащIэм щыщ Iыхьэхэм сэ куэдрэ си тхыгъэхэм защыхуэзгъэзэж къохъу. АрщхьэкIэ, уи гъащIэр зэрыщыту птхыжкIи ар художественнэ тхыгъэ хъуркъым. КъызэрысщыхъумкIэ, уи нэгум щIэкIар гъэщIэрэщIауэ («художественнэ» хъужыр аращ) птхыжмэ, IэджэкIи нэхъ гъэщIэгъуэн, къеджэгъуафIэ мэхъу къэгупсыса хъыбарым нэхърэ. — Повесть, рассказ, очерк, эссе, нэгъуэщI литературэ жанр куэдми ущолажьэ. Уи IэдакъэщIэкIхэм арэзы укъащIыжрэ, ущызэгуагъэпыж къэхъурэ? — Арэзы сытемыхъуауэ зы тхыгъэ утыку къисхьэркъым. Стхар езым сигу иримыхьыжмэ, хэт ар зыфIэхьэлэмэтынур?! — НтIэ, птхыр зэхэпкъутэжу щIэрыщIэу къыщиптхыкIыж къыпхуихуэрэ? — Птхари уокъутэж, пкъутэжари зэфIыботхъыж, зэфIэптхъари къыбощтэжри щIэрыщIэу къыботхыкIыж. Iэджи мэхъу ар. Сэ тхыгъэр нэзгъэса нэужь, согъэтIылъри, зыкъомрэ щызогъэлъ. Зэман дэкIыу къэпщтэжа иужь, уи щыуагъэхэр нэхъ IупщIу уолъагъуж, зыбогъэзэхуэж. — Сэфарбий, компьютерымрэ Интернетымрэ къызэрежьэрэ тхылъыр лъэныкъуэ ирагъэзауэ къыпщохъу. Абы къихьа зэраныгъэмрэ щытыкIэр нэхъ ефIэкIуэжын папщIэ лэжьыпхъэхэмрэ ятеухуауэ сыт къыджепIэн? — Радио, телевизор, компьютер, Интернет… Мыхэр къежьа щхьэкIэ, а тхылъ еджэнур йоджэ. Къэслъытэркъым тхылъ- еджэр тфIэкIуэдауэ. Тхылъыр акъыл гуэнщ. Зи гугъу тщIыхэмрэ абырэ зэи зэхуэдэ хъунукъым. Сыт тхакIуэхэр дыщIэтхэжыр, тхылъхэр къыщIыдэдгъэкIыр?! КъызэрыгуэкIщ жэуапыр: цIыхум и гъащIэр зыгуэркIэ нэхъ тынш щытщIынырщ, и Iуэху зэхуэмыхъухэр адрейхэм яйхэм ирилъагъулIэу, зэригъапщэу гупсысэ къыхихынымкIэ сэбэп дыхуэхъун папщIэщ. Ахэращ литературэм и къалэныр. Тхылъыр щыпIыгъым, и напэхэр щызэтебдзым нэхъ ппэгъунэгъущ, зэщIыгъущ нэмрэ гумрэ… Тхылъ еджэмрэ емыджэмрэ я къэухьри зэхуэдэкъым, цIыхум ущепсалъэм деж еджар занщIэу къыбоцIыху. — Сэфарбий, уэ сыт щыгъуи лэжьыгъэ IэнатIэ упэрытщ, зэрыжаIэу, Iуэхуншэу зы махуи ущыскъым. Абыхэм яхэтт тхэным зэран хуэхъухэр? — Лэжьыгъэр си натIэщ сэ сызэрысабийрэ. Си адэр зауэм хэкIуэдат, си анэр узыншэжтэкъым, си къуэш нэхъыщIэр цIыкIу дыдэти, унагъуэр зыхуей хуэзгъэзэныр си къалэн нэхъыщхьэу сыкъэтэджащ, гугъу семыхьауи схужыIэнукъым. Тхэныр хущIыхьэгъуэ Iуэхуу къекIуэкIауэ жыпIэ хъунущ. — «Адыгэ псалъэ» газетым илъэс 30-кIэ ущылэжьащ. А зэманхэр сыт хуэдэу уи нэгу къыщIэбгъэхьэжрэ? — ЩэнхабзэмкIэ къудамэм сыщыIэти, дауи, си лэжьыгъэр зыхуэунэтIар культурэрт. ЦIыху зыщыплI зы отделым дыщIэсу дызэдэлэжьащ икIи къысщохъу а зэманым адыгэм иIа щэнхабзэр ди тхыгъэхэмкIэ къыпхуэхутэну. ТщIэн хуея куэди къэнауэ къыщIэкIынщ, ауэ ди къарум къихь газетым и лэжьакIуэхэм абы щыгъуэм къэдгъэнакъым. — Адыгэбзэм и пщIэр зэрелъэхъшэхам шынагъуэ хэлъщ… — Гукъанэ щIэпщIын щыIэщ ди IуэхущIапIэхэм, IэнатIэ зэхуэмыдэхэм я фIэщыгъэхэр ди бзэкIэ тхауэ зэрыщымытым теухуауэ. Модэ Арысей пхащIэм удэтми, адыгэ щIыналъэ ущыIэми умыщIэну хамэ къэралыбзэщ дэнэкIи тетхауэ плъагъур. Налшык и уэрамхэм куэдрэ ущылъыхъуэнущ адыгэбзэ. Си жагъуэ мэхъу апхуэдэу зэрыщытыр. Хъарзынэтэкъэ ди бзэкIэ зэрахьамэ республикэр?! АрщхьэкIэ, апхуэдэуи букъуэдий хъунукъым, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ куэд зэрыщыпсэум тепщIыхьмэ. Мыхъужыххэрэ, трезгъэтхэнт IуэхущIапIэхэм я фIэщыгъэхэр урысыбзэкIи, адыгэбзэкIи, балъкъэрыбзэкIи. ПщIэ хъуну куэд къонэ ди емыгугъуныгъэкIэ. КъулыкъущIэхэм, унэтIакIуэхэм я гулъытэр абыхэм трезгъэухуэнт. Ди тхакIуэшхуэхэу ЩоджэнцIыкIу Алий, КIыщокъуэ Алим сымэ я зэман лъандэрэ ди бзэр кIуэдыжынкIэ зэрыхъунум тегузэвыхьу къокIуэкI, я тхыгъэ мымащIи а Iуэхугъуэм траухуащ. Ауэ, къызэрысщыхъумкIэ, ди адыгэбзэр кIуэдыжынукъым, ар лъэщщ. — ГъащIэм зэран къыщыпхуэхъу хьэл пхэлъ, Сэфарбий? — Схэлъу илъэпкъыр зэран къысхуэхъуу къысщохъу (мэдыхьэшх). Пэж жысIэну сыхуожьэри, абыкIэ цIыхум и жагъуэ щысщIыр нэхъыбэщ. Пэж пцIанэр бутIыпщ хъурэ, хэти хуей абы?! ИтIанэ, уи тэмакъым къыдрихьеям уемыгупсысауэ занщIэу жыпIэ хъунукъым. Узыхуэмей хьэл защIэщ ахэр. — ЦIыху хьэл-щэнхэм нэхъ пфIэлъапIэр? — Пэжыгъэрщ… — Утхэну гукъыдэж къозыт щыIэ хьэмэ ар уи лъым хэткIэ зэфIэкIрэ, Сэфарбий? — Зэман сиIэщи, сытIысынщи стхынщ, жыпIэкIэ къохъулIэнукъым. Ар гум, псэм къыхэкIын хуейщ. Къысхуохуэ мазэ бжыгъэкIэ зыри щызмытх. Абы щыгъуэхэми сыгузавэркъым сэ. Алыхьым къызитыр сотх, къокIуэ езыр-езыру ар. — Лъэпкъым и гъащIэм мы зэманым узыгъэпIейтей хэт? — Дэтхэнэр жыпIэн?! Псом хуэмыдэу сыхэзыгъэгупсысыхьыр, ари си мызакъуэу, ищхьэкIэ зэрыщыжысIащи, ди бзэр лэжьапIэ IэнатIэхэм къызэрыщамыгъэсэбэпырщ. Адыгэбзэм апхуэдэу зиужьынукъым. ТIэкIу я бзэм, хабзэм пщIэ хуащIу, зэрыадыгэр ящымыгъупщэу, ар я напщIэм телъу згъэпсэунут ди цIыхур. Зы лъэпкъ щыIэкъым и бзэкIэ, и хабзэкIэ, нэгъуэщIкIэ адрейхэм ещхьу. Хуэсакъын, хъумэн хуейщ уи хъугъуэфIыгъуэр. Сэ нэгъуэщI щIыпIэ сыкIуамэ, хамэ цIыху сахыхьамэ, сегупсысу щытащ: «МыхъумыщIагъэ гуэр сщIэмэ, ар зэрылъэпкъыу къыддалъагъункъэ», жысIэу. Уи хьэлми дуней тетыкIэми кIэлъыплъыжыпхъэщ. Апхуэдэу, дзэм къулыкъу щысщIа зэманым куэдрэ къысхуихуащ «Мыр адыгэм хуахьынущ, си закъуэ мыхъуу», жысIэу зыщысшыIа. СыхущIэкъуащ «адыгэхэр хабзэщIэкъущ» жезгъэIэным. Сыхуейт ди щIэблэми адыгэр зыхуэдэр, абы и фIыпIэхэр игъэлъэгъуэну. Уадыгэныр зэрылъапIэр пщIэуэ, уадыгэным урипагэу дунейм утетыныр сыт и уасэ! Епсэлъар БАГЪЭТЫР Луизэщ. Губжокъуэ Лиуан, Шортэн Аскэрбий, Къагъырмэс Борис, Арбузов Игорь, Хьэх Сэфарбий сымэ. 1974 гъэ Махуэхэр гъэщIэгъуэн тщызыщI Сэфарбий 1963 гъэ лъандэрэ соцIыху. Дзэм къулыкъу щыщытщIа зэманрат ар. Пэжу, зы полкым дыздыхэтатэкъым, ауэ зы бжыхь фIэкIа ди яку дэмыту ди частхэр зэбгъэдэтти, дызэрыцIыхури, ныбжьэгъу дызэхуэхъуауэ щытащ. Нэхъ ипэIуэкIи Сэфарбий и тхыгъэхэр газетхэм тету слъэгъуат, ауэ езырт абы щыгъуэм иджыри сымыцIыхур. Зыгуэрхэр сэри стхырт, дызэчэнджэщырт, сэ сыщытригъэгушхуэр нэхъыбэт… Сэфарбий езыр гугъу ехьу къэтэджа цIыхущ. Гугъу ехьам куэд елъагъу, куэд зылъагъум Iэджэ етхыжыф. Сэфарбий и творчествэкIэ къапщтэмэ, щапхъэу бгъэлъагъуэ хъуну тхакIуэфIщ, и прозэр лъэщщ. Хъунут Хьэхым и IэдакъэщIэкIхэр школакIуэхэм нэхъ куууэ ебгъэдж. «Ленин гъуэгу» газетым щыщыIам, абы лэжьыгъэшхуэ иригъэкIуэкIащ, иджыпстуи сыт хуэдэ къалэн къылъыкъуэкIми, псори зэфIегъэхьэ. Сэфарбий игъасэ ныбжьыщIэхэм узыщыгугъ хъуну усакIуэхэр, тхакIуэхэр къазэрыхэкIыр псоми дощIэ, абыхэм я тхылъ купщIафIэхэри щIэх-щIэхыурэ дунейм къытохьэ. ЩIалэгъуалэм я тхыгъэхэр урысыбзэкIэ зэддзэкIыурэ сызиунафэщI «Литературная Кабардино-Балкария» журналми тыдодзэ. Ар щIыжысIэр цIыхум зы Iуэху гуэр ирихьэжьа иужь, ар дэпIыгъмэ, зыгуэркIэ зыщIэбгъакъуэмэ, фIы къызэрыдэкIуэр цIыхухэм зэхащIыкIын папщIэщ. ФIы къызыдэкIуэщ Хьэхым иригъэкIуэкI лэжьыгъэр, абы папщIи фIыщIэ хуэфащэщ. Хьэл гъэщIэгъуэн куэд хэлъщ итIанэ абы. ЦIыху зэIухащ, ауэ абы щыгъуэми зыгуэр иукъуэдиямэ, зэрыпхутекIыжын щымыIэу ерыщщ. И цIыху щIыкIэр аращ — зауэм къыхэтэджыкIа цIыхущ… ПцIыр, фэрыщIагъыр фIэфIкъым. Ар щынэрылъагъущ и тхыгъэхэми. ТХЬЭЗЭПЛЪ Хьэсэн, «Литературная Кабардино-Балкария» журналым и редактор нэхъыщхьэ. Псым ихь къихьыжыркъым Иужь илъэс тIощIым къэбэрдей литературэм зэрызиужьа щIыкIэм сыщегупсысым сигу къэкIаращ: а лъэхъэнэм къриубыдэу икъукIэ мащIэ дыдэщ узэрыгушхуэну, утыкушхуэ ипхьэ хъуну ди тхакIуэхэм я Iэдакъэ къыщIэкIар. Е зэман зэблэхъугъуэм, къэралыр зытеува гъуэгущIэм къигъэупщIыIуа, е нэгъуэщI, сытми, зэзэмызэ къызыпхыIукI мыхъумэ, бащэкIэ дызыщыгугъ ди тхакIуэ, усакIуэ пажэхэм я Iэдакъэ къыщIэкIар куэд хъуркъым. Ауэ абыхэм ящыщкъым Хьэх Сэфарбий. Ар зэи Iуэхуншэу щысакъым, уеблэмэ иужь лъэхъэнэрщ и тхыгъэ нэхъыфI дыдэхэр дунейм къыщытехьар. Псалъэм папщIэ, «Махуэм дунейр и кIыхьагъщ», «ЩIымахуэ мэракIуэ», «Псым ихь къихьыжыркъым» повестхэр, «Си хъуреягъкIэ» зыфIища и философие тхыгъэ кIэщI нэхъыфIхэр щитхар Совет Союзыр къутэжу жаIэнумрэ зытетхыхьынумрэ ямыщIэжу къалэм зыIэщIэлъхэр гъуэгущхьибл зэхэкIыпIэм къыщытена илъэсхэрщ. Къапщтэмэ, ди тхакIуэхэм я нэхъыбапIэм я IэдакъэщIэкI нэхъыфIхэр, нэхъ купщIафIэхэр щатхар илъэс 30 — 50 ныбжьым щитхэращ, я къару илъыгъуэ зэманырщ. Хьэхым и творчествэм и гугъу пщIымэ, абы и тхыгъэхэр кIуэтэху нэхъыфI, нэхъ купщIафIэ хъууэ къысфIощI. Абы и щыхьэтщ иужь илъэс зыбгъупщIым итха повестхэр. Ахэр япэм и Iэдакъэ къыщIэкIахэм емыфIэкIмэ, ефэгъуэкIыркъым. ЩIэблэ зимыIэм насып иIэкъым, жи. А Iуэхугъуэм Сэфарбий хуэдэу тегузэвыхь ди тхакIуэ-усакIуэхэм яхэткъым. ФIыщIэ жыг хухэпсэ хъунщ тхэн щIэзыдзагъащIэхэм Хьэхым гугъу зэрызадригъэхьым папщIэ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, адрей ди тхакIуэ пажэхэм а Iуэхур Iэпэдэгъэлэл ящIащ. А къалэныр Сэфарбий и пщэ димылъхьэжамэ, литературэм гу хуэзыщIа ныбжьыщIэхэр дауэт зэрыхъунур? Махуэл димыхыу, гъащIэм и уэрыпIэм хэту, зылъэкIхэм задимыгъэшу зи дунейр езыхьэкI ди ныбжьэгъуфIым дохъуэхъу узыншэну, и тхыгъэфIхэмкIэ иджыри куэдрэ дигъэгуфIэну, и мурадхэм лъэIэсыну. МЫЗ Ахьмэд, КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист. Хьэх Сэфарбий (ижьымкIэ щытщ) и ныбжьэгъухэр и гъусэу. 1964 гъэ Хьэх Сэфарбийрэ КхъуэIуфэ Хьэчимрэ. 08.04.1996 гъэ Зыми емыщхь Iуэхугъуэ куэдым теухуащ Хьэхым и усыгъэр: адэ щIыналъэм, абы щыпсэу лэжьакIуэхэм, Хэку зауэшхуэм къихьа фэбжьхэм, мамырыгъэр хъумэным, зэныбжьэгъугъэм, лэжьыгъэм, лъагъуныгъэм, нэгъуэщIхэми. Ауэ нэхъыщхьэр — усакIуэм къищта Iуэхугъуэхэр къызэрызэIуихыф Iэзагъэращи, жыIэн хуейщ нэгъуэщIхэм емыщхь къызэIухыкIэ Хьэхым къызэригъуэтыфыр. Ар усэ тхыкIэм и «щэхухэр» фIыуэ къэзыщIа, поэзие нэсым и гъуэгум ехъулIэныгъэхэр къыщызыхьа, дяпэкIи нэхъыбэжкIэ дызыщыгугъ хъун усакIуэщ. Сэфарбий и тхыгъэхэр я къуэпс псомкIи быдэу пыщIащ езыр зыщыщ лъэпкъым и гъащIэм, абы и тхыдэмрэ и нобэрей махуэмрэ. Я гъэпсыкIэкIи, яхэлъ гупсысэ-гурыщIэкIи Хьэхым и усэхэм уи фIэщ ящIыф ахэр зытхар адыгэ усакIуэу зэрыщытыр, абыкIи къащхьэщокI шыфэлIыфэ зимыIэ, сыт хуэдэ лъэпкъми и фащэр, екIу-емыкIуми, зи усэм «щызытIагъэ» тхакIуэхэм. Бзэ шэрыуэкIэ тхащ Хьэх Сэфарбий и прозэри. Абыхэм я зэхуэдэу зы хабзэ яхэлъщ — ахэр псори авторым пэгъунэгъу дыдэщ е зытепсэлъыхьыр аращ. Хьэхым сабийхэм папщIэ итх усэхэр, рассказхэр газетхэм, «Нур» журналым куэдрэ къытохуэ. Ирехъу тхакIуэм и къалэмыр нэхъри жан, и гъуэгур кIыхь. КЪАГЪЫРМЭС Борис, КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ. Къущхьэ Пётр, Къагъырмэс Борис, КIурашын БетIал, Гуртуев Сэлихь, Хьэх Сэфарбий, Губжокъуэ Лиуан. 20.05.1988 гъэ ТхакIуэ, драматург Журт Биберд, журналист Багъэтыр Аркадий, Хьэх Сэфарбий. 3.01.1994 гъэ Гугъуехьым ипсыхьа СыщогуфIыкI сэ тхакIуэ Хьэх Сэфарбий къикIуа гъуэгуанэм. СыщогуфIыкI, а гъуэгуанэр дахэщи. Абы и IэдакъэщIэкIхэр гум дохьэ, гъащIэм и курыхыр, абы и пэжыр Iэзэу, куэдым урагъэгупсысу къегъэлъагъуэ. Сэ сыкъапщтэмэ, тхакIуэм си гур егъэзагъэ къехьэкI-нехьэкI лъэпкъ хэмылъу, жьэнахуэу дыгъуэгъуакIуэхэм, фитIнэхэм, зи бзэмрэ зи хабзэмрэ зэзымыпэсыжхэм яхужиIэ псалъэ шэрыуэхэмкIэ. ТхакIуэр гъащIэм и лъэныкъуэ куэдым лъоIэс. Дыхьэшхэныр гушыIэ дахэу ди нэгум къыщIегъэувэ Хьэхым, хузэфIокI а дыхьэшхэныр дыхьэгъым хуигъэкIуэни. Ди гъащIэм къыщыхъу-къыщыщIэ Iуэхугъуэ щхьэхуэхэр зэридзылIэм, зы ищIурэ, и художественнэ Iэзагъыр зыхэпщIэрэ узэщIиIэтэу и тхыгъэхэр ди пащхьэ кърелъхьэ абы. Ар псалъэхэм хощыпыхь, купщIафIэхэр, къарууфIэхэр къыхех. ФIым удихьэхыу, Iейм гущыкI хуэпщIу абы къретхэкI и персонажхэм я дунейр. Ахэр гъащIэм узэрыщрихьэлIэм хуэдэ дыдэщ, сыту жыпIэмэ, тхыгъэхэр Хьэхым а езы гъащIэм къыхихащ, языныкъуэ тхакIуэ «ныкъуэхэм» зэращIым хуэдэу, зыри къигупсысыркъым, и Iэпэм къыщIифыкIыркъым. Зи гугъу ищI къэхъугъэхэр тхакIуэм езым игъэунэхуащ, гурэ псэкIэ игъэващ. Аращ Хьэхым и IэдакъэщIэкIхэр нэщIысыпауэ щIыщытыр. Хьэх Хьид и къуэ Сэфарбий 1938 гъэм накъыгъэм и 20-м Аушыджэр адыгэ жылэжьым къыщалъхуащ, къуажэ школым курыт щIэныгъэ щызригъэгъуэтри, пасэ дыдэу лэжьыгъэ IэнатIэ Iуувэн хуей хъуащ. Унагъуэр хуэIудэIущэ унагъуэт, хуабжьу зэтехуа-хуэмыщIат. Сытым игу фIы ищIынт щIалэ цIыкIум, и адэр зауэ мыгъуэжьым хэкIуэдамэ, и анэ Къарэщи, гугъуехьымрэ фызабэ гъащIэ хьэлъэмрэ иращIыкIауэ и лъэм зэримыхьэжу Iэрызехьэмэ, ныбэ илъу къэна и шынэхъыщIэ Заур цIыкIу и куэщIым ирипIыкIыну къыхудэхуамэ?! А псом и щIыIужт унэ-лъапсэ ныкъуэухуэ-ныкъуэщIыр, адэ тхьэмыщкIэм и Iэ- и лъэр зыхунэмысар, унагъуэ, хадэ Iуэхухэр… Хьэлъэ егъэлея къытещIатэкъэ щIалэ IэпцIупцI цIыкIум? ИтIани, езы тхакIуэми зэрыжиIэрейщи, «цIыхуфI куэд щыIэщ». Къутакъым щIалэ цIыкIум и гъуэгур. Иратакъым абы къутапIэ Аушыджэр къуажэ угъурлым дэсхэм. Ар езыр зэрыIыгъ-зэрылъытэ жылэжькъэ-тIэ игъащIэми?! А цIыху телъыджэхэм я Iэ къыхуашиящ, зыкъыщIагъэкъуащ гугъу ехь унагъуэм, ял узащ гъунэгъуми, Iыхьлыми, лыджанэми, Iэулэдми… Ауэ хуэщIэ-къыхуэщIэ защIэкIэ зыри псэуаи унаи хъуркъым. Сэфарбий ар къыгурымыIуэу щыттэкъым. Ауэрэ и шынэхъыщIэр къэжэпхъщ, нэхъ къыдэкIуэтейри, «цIыхум дахэгъуащэу дыпсэунщ, сом къэзлэжьынщи», — жиIэри Сэфарбий ежьащ, къэралышхуэм и щIыпIэ пхыдза куэдым къыщыщIи-дзащ. ЩIалэр техьащ гъуэгуанэ, и шынэхъыщIэр къыкъуэувати, анэ пIэхэнэм ар къыбгъэдинэри. «Сызыдэмыхьа къуэладжэмрэ зызэзмыпщыта лэжьыгъэмрэ укIуэдыж, — гукъэкIыжым хошасэ тхакIуэр, и псалъэхэр хуэму зэкIэлъихьурэ. — Свердловск къалэ ухуакIуэхэм сащыдэлэжьащ, Волгэ псым лъэмыж тезылъхьэхэм сахэтащ, Ростов, Таганрог къалэхэм, нэгъуэщI щIыпIэхэми хьэлъэ къыщеслъэфэкIащ. ЗыщIыпIи си Iуэху щыхъуакъым. Къэзгъэзэжри, имыхабзэххэу си насып къикIащ: Налшык блок заводым рабочэу сащтащ. Ахъшэ хъарзынэ къэсхьу, унагъуэри зы-хуей хуэзэу хъуащ. Сыти жыIи — цIыхум и насыпыр здэщыIэр езыр щалъхуа и Хэкурщ. Дэ ар дымыщIэу нэгъуэщI щIыпIэхэм дыщолъыхъуэ. Сыт хуэдиз хьэзабрэ бэлыхьрэ си псэм ишэча сэ а насыпу къэслъытэр къыщыслъыхъуэм! Махуэ гуэрым хьэлъэ зеслъафэу заводым Iуэху иIэу нокIуэ Къагъырмэс Борис. Дызэхуозэри, си тхыгъэхэм я гугъу хузощI, ди усакIуэшхуэ КIуащ БетIал зэгуэр си усэхэр схутридзауэ зэрыщытари жызоIэ. Редакцэм Борис срегъэблагъэ, си усэхэри хузохь. «Утхэфынущ, ауэ Iэмал имыIэу уеджэн хуейщ. Москва Горькэм и цIэкIэ щыIэ Литературэ институтым щIэтIысхьэ», — къызжеIэ. Дуней насыпу къысщыхъурт сэ а еджапIэм сыщеджэныр, мащIэуи сытешыныхьырт экзаменхэр схуэмытынкIэ. Къагъырмэсым сытригъэгушхуэри, симыгугъэххауэ, сыщIэхуауэ щытащ институтым». Зэрылажьэм хуэдэурэ Сэфарбий Литинститутым щеджащ, иужькIэ армэм ираджэри, дзэм къулыкъу щищIащ. ЩIэныгъэ нэхъыщхьэ зригъэгъуэтри, Сэфарбий щалъхуа куейм IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щылэжьащ. 70 гъэхэм дунейм къытохьэ художественнэ тхыгъэхэр, хэпхыни щIыбгъужыни хуэмыныкъуэ тхыгъэ купщIафIэхэр. И хъэтIрэ и макърэ иIэжу ди литературэм къыхыхьа Хьэхым и IэдакъэщIэкIхэр фIыуэ къалъытащ тхакIуэ, усакIуэ цIэрыIуэхэу Теунэ Хьэчим, ЩоджэнцIыкIу Iэдэм, Тхьэгъэзит Зубер, Къагъырмэс Борис, Архипов Владимир, Львов Михаил, нэгъуэщIхэми. КъызэрыгуэкI щIэджыкIакIуэхэми тхакIуэ, усакIуэ пажэхэми я гум, я псэм дыхьат, фIэщхъуныгъэ къахилъхьат Хьэхым и япэ тхылъ «Пщэдджыжьыпэ щIыIэ» зыфIищами, нэхъ иужьыIуэкIэ урысыбзэкIэ дунейм къытехьа «Свежесть» усэ сборникми. УсакIуэм и IэдакъэщIэкIхэм къыхотэджыкI гъащIэр фIыуэ зылъагъу, ар ефIэкIуэн папщIэ щIэгъэкъуэн хъуну хьэзыр нобэрей щIалэгъуалэр. Хьэхым гуащIэдэкIыр зэригъэлъапIэм, зэрысабийрэ абы пщIэшхуэ зэрыхуищIым, лэжьакIуэ хьэлэлым пищI цIыху зэрыщымыIэм щыхьэт техъуэ усэ куэд иIэщ. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, «Аушыджэр», «ЩIы», «Щхьэмыжищ», нэгъуэщIхэри. Мы усэхэм къыбжаIэ зэманым удекIуну ухуеймэ, уи лэжьыгъэр зэи зэпыбгъэу зэрымыхъунур, гъащIэр зэтезыIыгъэр арауэ зэрыщытыр: ПщIэнтIэпс шыугъэм Зэщыщхъу имыщIатэм, Уи гур хуэмыкIуэу ГъащIэр хъунт мышыу… Сэфарбий и усэ куэд триухуащ зауэ мыгъуэжьым къытхуихьа гуIэм, зэман хьэлъэм, адэжь щIыналъэм и лъапIэныгъэм: Мэз лъэбыцэ инхэр Си нэ-си псэщ, Псынэ къишкIурыкIхэм Сигу хагъахъуэ, Уей, си лъахэ, Сыту си насып сэ! Сралъхуащ уи бгыжьхэм я кIэдахъуэ. Дунейм и щытыкIэхэм сытым хуэдэу нэ жанкIэ еплърэ усакIуэр! Нэхъ жыIэкIэ дахэ дыдэхэр, зэгъэпщэныгъэхэр Iэзэу къегъэсэбэп Хьэхым. Абы уафэгъуагъуэ зыщIэт уэшхышхуэр уи нэгу къыщIигъэхьэ къудейуэ къанэркъым, атIэ абы ухиубыдами ярейуэ къыпфIегъэщIыф: УкъриIэным хуэдэу фIыцIэщ жэщыр. УафэхъуэпскIым жыжьэу зыщеупцI. НапIэзыпIэм дуней нэху къыщIэщыр МэункIыфIыжри, уи нэр къеуфIыцI. Уафэгъуагъуэри мэгъумэтIымэ, Щыблэ ябгэр щIым хуиуб къысфIощI. IурыуфIыцIыкIащи жэщ щхьэумэр, Къожэх и уэшх нэпсыр — и гур хощI. Пейзаж лирикэ нэскъэ-тIэ?! КIэщIу, гурыIуэгъуафIэу тхауэ усэ нэщIысахэр ярытщ зэман зэхуэмыдэхэм къыдэкIа мы тхылъхэм: «Си гъэмахуэщ», «Бжьыхьэ уэфI», нэгъуэщIхэми. Хьэхым къехъулIа тхыгъэхэм яхызобжэ «ЩIэщыгъуэ», «Кърым макъамэхэр» поэмэхэри. Япэ тхыгъэм и гугъу тщIымэ, нобэ адыгэр зыхэп-сэукI гъащIэм, къуажэдэс цIыхухэм я гурыгъу-гурыщIэм, ахэр нэхъ зыгъэпIейтейхэм теухуащ. Лъэпкъым ди блэкIам, ди нобэм, цIыхур щIэпсэум и мыхьэнэм ехьэлIа гупсысэ куу къызыхэщ, ди гъащIэм, ди дунейм я кIапэлъапэ куэдым, плIанэпэ нэхъ куэдыжым удэзыгъаплъэ поэмэщ «Кърым макъамэхэр». Урыс пащтыхьхэм я политикэм лъэпкъкIуэдыр къытхуигъэкIуэн щхьэкIэ илэжьахэм, адыгэ лъэпкъ лажьэншэм Хэкур зэрырагъэбгынам, нэгъуэщI насыпыншагъэ куэд уигу къэзыгъэкIыж, гупсысэ хьэлъэм ухэзышэ тхыгъэщ ар. «ЩIы хъурейм и нэхъ щIыпIэ дахэм ущыпсэуми, мылъкумрэ фIыгъуэмрэ ухэсми, уи Хэкум уимысыжмэ, ахэр зыри IэфIыжкъым. ГъащIэми дунейми я нэхъ IэфIыпIэ дыдэр здэщыIэнкIэ хъунур уи пщIантIэжьщ, уи хэкужьщ»… Гупсысэ нэхъыщхьэр къэзыIуатэ мы псалъэхэмкIэщ поэмэр усакIуэм зэриухыр. Ар зэрытха бзэ къулейр-щэ?! ЕкIурэ игъуэу абы къегъэсэбэп метафорэхэр, эпитетхэр, зэгъэпщэныгъэхэр — тхыгъэр художественнэ зыщIыж Iэмал псори. Хьэхым и зэфIэкIыр псом хуэмыдэу къыщынэIуар прозэрщ. Абы и повестхэмрэ рассказхэмрэ ярыту зэман-зэманкIэрэ дунейм къытехьа тхылъхэщ «Пщэдджыжьыпэ щIыIэ», «Толъкъун Iэсэ», «Махуэм дунейр и кIыхьагъщ», «Сигу, къэувыIи сызылъэщIэгъэхьэ», «Си хъуреягъкIэ», нэгъуэщIхэри. Ахэр художественнэ и лъэныкъуэкIэ къызыхуэтыншэщ, дэтхэнэ тхыгъэ щхьэхуэми гъащIэм и къэхъугъэ зэхуэмыдэхэм я нэпкъыжьэ хыболъагъуэ. Аркъудейкъым: психологизм нэскIэ гъэнщIащ тхакIуэм и прозэр. Аращ Хьэхым и IэдакъэщIэкIхэм къеджэр щIызыIэпишэр. Яшхынрэ зыщатIэгъэнрэ ямыгъуэту, ящIэнумрэ зыхэIэбэнумрэ ямыщIэу къуажэдэсхэр щхьэлажьэ щыхъуа зэман хьэлъэр къыхощыж «Пщэдджыжьыпэ щIыIэ» повестми, «Шамсир», «ХэщIащ» рассказхэми, нэгъуэщI тхыгъэ зыбжанэми. Къапщтэмэ, илъэс тIощIым щIигъуащ сэ «Шамсир» рассказым сыкъызэреджэрэ, итIани, си нэгу щIэтщ тхыгъэр зытеухуа а фызабэ тхьэмыщкIэр. ШхынщIэлIэт бзылъхугъэ хейм и унагъуэр. Гъавэр щыIуахыжа хьэсэм, гуэдзыпкъэм, тхьэмыщкIэм щхьэмыжитI-щы къудей къыщигъуэтат, арщхьэкIэ хьэсэпэхъумэ бзаджэнаджэм ар Iуэху ещI, ер кърегъэкI. ЦIыхубз лажьэншэр жэуапым ирашалIэ, щIавэжыну е къуалэбзум яшхыжыну щыта щхьэмыжитI-щым щхьэкIэ. ЦIыхукIэ уеджэ хъун апхуэдэхэм?! Уи гур къызэфIэмынэу укъеджэфыркъым рассказым, фыз гузасэр апхуэдизкIэ пфIэгуэныхь мэхъури, абы и гуIэр уи псэм хохьэри. Сыт хуэдэ Iуэхугъуэми тетхыхь Хьэхыр псалъэм хуэIэзэщ. Дэтхэнэ и тхыгъэри къащти, нэрылъагъущ ар зи Iэдакъэ къыщIэкIар зэрытхакIуэ нэсыр. А зэман ямылъагъужыным теухуащ «Гулъытэ», «ЦIыхуфI куэд щыIэщ», «ЖэщитI», «Лъэмыж» тхыгъэхэри. Абыхэм увыпIэ щхьэхуэ щаубыд фызабэ гъащIэ хьэлъэр зи натIэ хъууэ гугъуехьымрэ хьэзаб мыухымрэ иращIыкIыпа бзылъхугъэ тхьэмыщкIэм, зи адэ зыщхьэщыт и ныбжьэгъу цIыкIухэм ехъуапсэрэ нэпс щIигъэкIыу зи гъащIэр зыхь щIалэ дыгъэ цIыкIум, фэбжьышхуэ зытелъ псэ къабзэ-псэ хей куэдым. Гулъытэшхуэ тхакIуэм хуещI къытщIэтаджэ дыщэ-щыгъэ цIыкIухэм. ГъэщIэгъуэнщ абы сабийхэм папщIэ итх хъыбархэмрэ псысэхэмрэ. Ахэр ди литературэм дежкIэ щIэщыгъуэщ. «ПсыIэрышэ», «Дадэкъуапэ» тхылъхэм, «ЦIыкIураш» псалъащхьэр яIэу дунейм къытехьа усэхэм, нэгъуэщI куэдми ныбжьыщIэхэр щогуфIыкI. Зи школкIуэгъуэр къэблэгъа дзахъэ дыгъэ шырми къэжэпхъа Iущыцэ цIыкIуми фIэфIщ мы зи цIэ къисIуа тхылъхэм ярыт тхыгъэ цIыкIухэм щIэдэIуну, Хьэхыр зытепсэлъыхьхэр цIыкIухэм псэкIэ я гъунэгъущ, бзэ зэщIэ-жьыуэкIэ тхащи. Зи гупсысэкIи акъылкIи балигъхэм ефIэкI щIалэм, илъэсих-блыхэм итыным, и хьэл-щэным удехьэх, апхуэдизкIэ ар зэпIэзэрытщи. Зи гугъу сщIыр «Акъылыщхьэ» рассказым хэт лIыхъужь цIыкIурщ. Зыхэт сабийхэм ягъэщIагъуэм къыщымынэжу, балигъхэри къигъэуIэбжьырт Мурат къызыкъуих акъылымрэ абы и гупсысэкIэмрэ. Пэжщ, апхуэдэ сабий дыгъэхэм, балигъ акъылым ехьэехуэхэм, уеблэмэ щхьэпрыкIыжхэм, гъащIэм дащыхуозэ. ДиIэщ апхуэдэ дадэкъуапэ цIыкIухэр, ауэ абыхэм дащхьэпрыIэбыкI-дащхьэпрыплъыкIыурэ, я гугъу дымыщIурэ къокIуэкI нобэр къыздэсым. Образ щIэщыгъуэ куэдкIэ дызыгъэгуфIэ Сэфарбий гугъэзагъэ-псэгъэзагъэу дегъэлъагъу и IэдакъэщIэкIхэм хэт персонажхэр. Дэтхэнэми иIэжщ езым и дуней тетыкIэрэ и псэлъэкIэрэ. Сыт хуэдиз къабзагъэрэ дахагъэрэ къыхэщрэ «Папэ, мамэ, сэ, си Наур» рассказым! НапэкIуэцIитI къудейщ ар зэрыхъур, ауэ дэ абы щыдолъагъу адыгэ унагъуэ дахэм къыщIэхъуэ сабий дахэхэр. Рассказым хэт Аслъэн цIыкIур, зекIуэгъуей-псэлъэгъуей пыжьынэ цIыкIур, псэгъэгуфIэ-гукъинэжщ. Гукъинэжщ «Дыгъужь-къуажакIуэ» псысэри. Абы хэт дыгъужь шырым уи гур щIогъу, пфIэгуэныхьщ, жыIэмыдаIуэми. И анэм и Iизыншэу дыгъуакIуэ кIуати, кIуэдыпIэ ихуащ тхьэмыщкIэ цIыкIур. Мыхэр псори — рассказхэри псысэхэри — бзэ дахэкIэ, сабийр къыдэзыхьэх бзэкIэ, сабиибзэ жыхуэтIэжымкIэ, тхащ. ГъэщIэгъуэну ухуащ фабулэхэри. Хьэхыр гугъуехьым ипсыхьа тхакIуэщ, тхакIуэ Iэзэщ, нэсщ. Тхьэм къыхупищэ и зэфIэкIми и узыншагъэми. ГЪЭУНЭ Борис, КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист. «ВагъуэщIэхэм» къыджаIахэр Уигурэ уи псэрэ зэта лэжьыгъэр сыт щыгъуи къохъулIэ, и хъер уолъагъу. Абы и щыхьэтщ Хьэх Сэфарбий щIалэгъуалэм щадэлажьэ «Шыхулъагъуэ» литературэ хасэр. Ди тхакIуэ пажэхэм ящыщ зым ныбжьыщIэхэм я гупсысэхэр илъэс тIощIым щIигъуауэ еузэщI, я гурыщIэхэр гъэхуауэ тхылъымпIэм нахьэсыным и нэIэ трегъэт, дэтхэнэми и «хъэтIыр» еубзыху. «Шыхулъагъуэ» литературэ хасэм хэтхэм Хьэх Сэфарбий я гъусэу. Сэфарбий и хасэм екIуэлIа куэдым тхакIуэфIхэр, усакIуэфIхэр къахэкIащ, щIэныгъэ, IэщIагъэ нэхъыщхьэхэр зрагъэгъуэтащ, языныкъуэхэр ТхакIуэхэм я союзым хагъэхьащ. Мы зэманми тхэн-усэным гу хуэзыщIа щIалэгъуалэ хъарзынэ йокIуалIэ «Шыхулъагъуэм». Абыхэм я зэфIэкI щагъэлъагъуэ усыгъэми прозэми, тотхыхь гъащIэми дызытет дунейми. Я зэфIэкIыр зыунэтI я гъэсакIуэм ахэр хуэпэжщ, гудзакъэ яIэу бгъэдэтщ. «Шыхулъагъуэм и гъуэгугъэлъагъуэ» ГъащIэм и къуэгъэнапIэ зэхуэмыдэхэм набдзэгубдзаплъэу дэплъэф, и къэгъэшыпIэ нашэкъашэхэм гъуэгу занщIэ къыхуэзыгъуэтыф Сэфарбий анэдэлъхубзэм и IэфIымрэ и курыхымрэ и тхыгъэхэм щигъэнаIуэу, хуэнэхъуеиншэу къогъуэгурыкIуэ. КъБР-м и ТхакIуэхэм я союзым егъэбыдылIа «Шыхулъагъуэ» литературэ хасэм и унафэщIым езэшрэ къикIуэтрэ имыщIэу ядолажьэ литературэм гу хуэзыщIа щIалэгъуалэм. Хасэм екIуалIэ дэтхэнэми тхылъымпIэ напэм нэтхьэсу а гупсысэр лъэныкъуэ куэдкIэ иIуантIэурэ «псэ къыIуигъэкIащ» жыуигъэIэу абыхэм дакIэлъегъэплъыжыф. «Шыхулъагъуэм» екIуалIэхэр ныбжьэгъу дызэхуэхъуауэ, пщIэрэ нэмысрэ зэрылъ унагъуэшхуэм хуэдэу дыкъогъуэгурыкIуэ. Зым и тхыгъэм адрейр дыщIэджыкIыурэ къызэрытщыхъуамкIэ дызэдогуашэри, ди зэхуэзэгъуэр къытхуэмыгъэсу апхуэдэщ. А зэхущытыкIэ дахэр ди зэхуаку къыдэзылъхьар Сэфарбийщи, сохъуэхъу узыншэу, жыджэру иджыри илъэс куэдкIэ ди япэ итыну. Жамбэч Рабия. Зыми ещхькъым И цIыху щIыкIэкIи, и творчествэкIи Хьэх Сэфарбий зыми ещхькъым. Абы и IэдакъэщIэкIхэм езым и хьэл-щэныр къыхощ. Сэфарбий и тхыгъэхэм зэм куууэ уагъэгупсысэ, языныкъуэхэм нэжэгужагъэ къыпхалъхьэ, зэми къыбдэгушыIэ хуэдэурэ щIагъыбзэм щIэгъэпщкIуа щэху гуэрхэр къыпхуагъэнаIуэ. И тхыгъэхэм уеджэну щIэщыгъуэщ, къахэпх гупсысэр гъащIэ псокIэ къыпхуонэ. Гугъуэт Заремэ. Псыпэ куэд къыздежьэ Нобэ радиом, телевиденэм, газетхэм я лэжьакIуэ хъуа куэдым я псыпэр къыщожьэ Хьэхыр зи унафэщI «Шыхулъагъуэ» литературэ хасэм. Абы и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэу щытщ къыдэкIуэтей щIэблэм Сэфарбий и къару емыблэжу зэрадэлажьэм. Абыхэм я тхыгъэхэм хэт дэтхэнэ зы псалъэри Хьэхым и нэ зэвитIым щIигъэкIащ, зэригъэзэхуэжури и щхьэц дахэ тIэкIур уэсым хуэдэу тхъуащ. Зи лэжьыгъэр апхуэдэу нэрылъагъу гъуэтыгъуейщ. Сэфарбий и ныбжьыр илъэс бжыгъэ дахэ ирокъу, нэгъуэщIу жысIэнщи, лIыпIэ иува къудейщ. Сигуми си псэми къабгъэдэкIыу сохъуэхъу ди тхакIуэфIыр иджыри куэдрэ узыншэу къытщхьэщытыну. Ди нэхъыжьыфIым и жьауэм, и жыIэм дэри куэдрэ дыщIэтыну Тхьэм жиIэ! Дзэгъащтэ Азэмэт. Чэнджэщэгъу къытхуохъу Хьэх Сэфарбий и сэбэп зэмыкIа щIагъуэ яхэту къыщIэкIынкъым иджырей тхакIуэ, усакIуэ нэхъ щIалэхэм. Сэри абыхэм сащыщщ. Аращ Горькэм и цIэр зэрихьэу Москва дэт литературэ институтым сыкIуэным сытезыгъэгушхуауэ щытар. Абы и чэнджэщхэмкIэ дэ куэдым нэплъыснэIус дыхуэхъуащ. Ди гуапэщ и къарум хэмыщIу адыгэ литературэм иджыри куэдрэ хуэлэжьэну. НафIэдз Мухьэмэд. Гуп и уасэщ Пэрытыр япэ итракъым, зи ужьым кърикIуэIарщ. Хьэх Сэфарбий пэрытщ! Литературэм и жанр зэмылIэужьыгъуэхэм зи зэфIэкI къыщызыгъэлъэгъуа тхакIуэм нэгъуэщI зы лэжьыгъэшхуи и пщэ дилъхьэжауэ, тхэным гу хуэзыщIа, зэфIэкI зиIэ щIалэгъуалэр утыку кърешэ. Пэжыр жытIэнщи, ар зыхузэфIэкIынур зырызыххэщ. Хьэхым и усэхэм ящыщ зым хэтщ «ГъащIэ бгы задэм сыздыдэкIым…» жиIэу, абы къыпысщэу жысIэну сыхуейт «ГъащIэ бгы задэм ар щыдэкIым, абы здыдишырт нэгъуэщI гуп». Сэфарбий сохъуэхъу узыншагъэ быдэ иIэну, гурыфIыгъуэр ибэу, и тхыгъэщIэхэмкIэ дигъэгуфIэу иджыри илъэс куэдкIэ тхуэпсэуну! Щомахуэ Залинэ. Гудзакъэ зиIэ «ТхакIуэр тхэн хуейщ» и жыIэм тетыжщ Сэфарбий. И гъащIэм фIэхьэлэмэтыну зыIущIахэмрэ игу къинэну щилъэгъуахэмрэ щызэхуихьэсащ абы и тхыгъэхэм. «Шыхулъагъуэм» и унафэщI гумызагъэм щIэх-щIэхыурэ щIалэгъуалэр дызэхешэ, дэтхэнэми чэнджэщ гуэр иритынуми, дэлэжьэнуми зэман къыхуегъуэтыф. Сэфарбий уи упщIэм и жэуапыр къызэрыбгъуэтыжыным ухуеунэтI, абы щыгъуэми гудзакъэ иIэщ. Абы деж дапщэщи ущыхьэщIэ лъапIэщ. ХузэфIэкIыххэну ищIэмэ, сыт хуэдэ IуэхукIи къыбдэIэпыкъунущ. Ар цIыху хьэлхэм я нэхъ лъапIэщ. Узыншагъэ быдэ иIэу иджыри илъэс куэдкIэ Тхьэм ди япэ иригъэт! Бэрбэч Аслъэнджэрий. Хьэх Сэфарбий Си хъуреягъкIэ * * * СызыщIэт жыгым и щIагъым сыкъыщIэкIыу фIыуи сыпыIукIуэтыжу, сеплъа нэужьщ абы и дахагъэри, и уардагъэри, пыт пхъэщхьэмыщхьэр зыхуэдэри къыщыслъэгъуар… Уа, уэ нобэ къыпщхьэщыт, зи жьауэ ущIэтхэм я уардагъэ-жумартыгъэм гу лъыптэфу пIэрэ, уи нэм иджыпсту къыIуидзэ псом уаблэплъыкIыу? * * * Сурэтыр цIыхум и гъа-щIэм къыдежьауэ жеIэ щIэныгъэм. Аддэ, мывэр Iэмэпсымэ нэхъыщхьэу щыщытам, абыкIэ къратхъэурэ, сурэт ящIырт. ЯщIырт, дэтхэнэми и гур зылъэмыIэсын гурыщIэ гуэрхэм зэратеIэбэным хущIэкъуу. АрщхьэкIэ, сурэтым еплъхэм къагурымыIуэнкIэ хъурт сурэтыщIым абыкIэ жиIэну зыхуейр. КъагурыIуэртэкъыми, сыт мыхэр зищIысыр, жаIэрт. Ауэ мыдрейм мыувыIэу ищIырт сурэт. ИщIырт, абы хьэщыкъ хуэ-хъуат, хуэчэфти. Жылэм зэрыпсэун Iуэху зэрахуэрт: зыщIэсын яуцIырхъырт, къащэкIуIарт — я ныбэ, я фэ иралъхьэн. СурэтыщI тхьэмыщкIэм сурэт ищIырт, дунейр щыгъупщауэ. Еплъщ-еплъри, мо ищIхэри къащыгурымыIуэм, куэдрэ къолIэлIэнт цIыхур — делэщ жаIащ сурэтыщIым щхьэкIэ. Ар икIи пэжу къыщIэкIынут: узэщIимыщтамэ, делэ утемыхъуамэ, искусствэм (ар иресурэт, ирелитературэ, иренэгъуэщI) зыри щыпхуэщIэнукъым! * * * Ди благъэхэм я хьэжьым сызэпкъритхъынут пщIантIэм сыщыдыхьам. КIапсэ зэрепхамкIэ зитхьэлэжыным хуэдэу си дежкIэ къеIэрт, зишхыхьыжу. Сэ сызэгуэпащ: сыт есщIар?! Ауэ щылъ мывэр къасщтэу езутIыпщыну сыхуежьат. АрщхьэкIэ сыщIегъуэжащ. Сеуэным и пIэкIэ унэм сыщIыхьэщ, щIакхъуэ Iыхьэ къыщIэсхри, естащ. СыкъыщыдэкIыжым а хьэр арауэ пщIэжынтэкъым. И кIэр игъэкIэрахъуэу къысщыгуфIыкIырт, гуапагъэ гуэри щIэплъагъуэрт и нитIым, сэбэп къысхуэхъун щхьэкIэ сытри ищIэну хьэзырт. Сэ абы IуэхугъуитIым сригъэгупсысащ: 1. Дэ Iей къыдэзыщIэм фIы зэрыхуэдмыщIэжыфым сыту куэдым дыщыхигъэкIыжрэ мы дунейм! 2. ФIы хуэтщIауэ цIыху дапщэ щыIэ а хьэм хуэдэу дакъыгурымыIуауэ?! * * * Шэрэздин Алыхьым ахъшэ тIэкIу къыщритым, чырбыш гъэжыпIэ къызэIуех, езым и цIэр зэрихьэу. ЩIалэ ахъырзэман гупи къещтэ лэжьакIуэу. ЛэжьапIэм щIэх дыдэу зеужь, зеIэт. «Шэрэздин» зиIэтыху, Шэрэздини зиIэтурэ, лъагэу докIуей. А зыдэкIуеям нэхърэ нэхъ лъагэжу еIэт и пэр. АпхуэдизкIэ уи пэр Iэтауэ щIым щытхэр плъагъужын, и лэжьакIуэхэр фIокIуэд. ЛэжьакIуэхэр щыкIуэдым, «Шэрэздини» хокIуэдэж. И пэри къохуэхыж Шэрэздин… Я нэхъ лъагэу Iэта щхьэр ятIэр иутэу щIым хэт лъэм зэрехьэ! * * * Зымахуэ зы цIыхубз къыщIыхьат си деж. Махуэ ныкъуэкIэ дыпсэлъагъэнщ, зи щхьэфэ димыIэбаи къэнакъым. ЗгъэщIэгъуаращ: и щхьэгъусэри, и бынхэри, и гуащэри, и тхьэмадэри, и гъунэгъухэри, и лэжьэгъухэри, и ныбжьэгъухэри, ауэ и цIыхугъэ къудейхэм нэгъунэ — псори фIыщ, дахэщ. Губзыгъэщ, цIыху дыщэ защIэщ ихъуреягъыр. Сэ абы седэIуащ, седаIуэри, моуэ сигу къэкIащ: «Мыр езыр нур кIапэщи аращ. Здынэмысым нэсыркъыми, зыхуэдэр ищIэркъым, здынэсым и нурыр тредзэри, зэщIопсэ, дахэ мэхъу, мэлыд налкъутналмэсу». Нэхум кIыфI щыIэу ищIэркъым. * * * ЛэжьакIуитI. Зыр лажьэрт, цIутI жимыIэу. Адрейр мыувыIэу тепсэлъыхьырт ищIам, яригъэгугъэрт куэд илэжьу. Гъэр иухри, зэрыгурыIуэгъуэти, лэжьам и гуэныр изт, Iэзэу псалъэм ейр нэщIт… Ар сигу къыщIэкIыжаращи, хьэм нэщI щхьэIуо щеуэ жьэрыIэзэ-Iэпэзадэхэм я зэманыр имыкIауэ (зэгуэр икIынкIэ хъунумэ), гъащIэми дунейми зыужь яIэнукъым! * * * Псоми апхуэдэу яхущыту къыщIэкIынт а лIыр — къысхуэгуапэт, хуэзмыщIаIами. Сэлам къыщызихкIэ, си Iэ иубыдам къыблэкIуэтырт, ии, IэплIэ къысхуещI иджы, жызигъэIэу къызэкIуэталIэу. Жыжьэу сыкъилъэгъуа къудеймэ, и щхьэр медан зытхухкIэ къысхуигъэджэгурт, сэлам къызихыу. Зымахуэ сыщыхуэзам зыхуэсхьынур къысхуэщIакъым абы и щытыкIэр — зблэкIащ къэмыувыIэу. Сэлам есхар сIихарэ сIимыхарэ схузэхэмыгъэкIыу, мащIэу и щхьэр ищIа хуэдэу къысфIэщIри, блитхъуащ. ЩIыIэу сигу къэкIащ: ярэби, махуэ къэс къохъуIа, гуауэ иIамэ, сыхуэгузэвэн хуеяуэ пIэрэ? ИужькIэщ къэхъуар къыщысщIар — къэралпсо мыхьэнэ зиIэ къулыкъу къратауэ арат! * * * Троллейбусым къызэрогуэ щIалэгъуалэ гуп. Нэжэгужэт, егъэлеяуэ, я жьэр увыIэртэкъым. Iэтауэт зэрыпсалъэри. Сэ ар си гуапэ хъуакъым: моддэ, Арысей пхащIэм щыIэ къалэм сыткIэ къыщхьэщыкIрэ ди адыгэ тIэкIум мы ди жьантIэр? МащIэущ ди бзэр зэрыщыIур. Нэхъри си жагъуэ хъур ахэр езыхэр адыгэти арат. Адыгэт, ауэ псалъэртэкъым адыгэбзэкIэ, ящIэртэкъым икIи. ИужькIэ жьыми щIэми ягу зрагъабгъэу щIадзэ: жамыIэн жаIэ, ямыщIэн ящIэ, IукIей-щIыкIейщ. ИтIанэ сэ си гуапэ мэхъуж ахэр адыгэбзэкIэ зэрымыпсалъэр. Ди лъэпкъым къыхэкIами, Алыхьым абыхэм яIурилъхьатэкъым ди бзэр… яхуэфащэтэкъым! * * * ЛIыр я пщIантIэ дэту плъэуэ, и гъунэгъур машинэкIэ къыдыхьэжу щилъагъум, шэуэ къытехуащ — къащэхуащ машинэ! Махуищ дэкIауэ къыщIэкIынтэкъым а лIы фыгъуэнэдыр унащхьэм къехуэхыу, щызэщиудам. Тхьэ зыщаIуэращ гъунэгъум а я машинэ и нэм бжэгъуу къыщIэуар дэту къыщIэкIыу, асыхьэтым сымаджэщым намыгъэсатэмэ, лIыр удын игъуэтам къелыну щымытауэ. Хуабэрэ бейрэ зэран яIэкъым. * * * Зым жиIэнщ зыгуэри, гущIыхьэ пщыхъунщ, къыптехуэнщ шэуэ. А псалъэ дыдэр нэгъуэщIым къыбжиIэнщи, жыжьэуи уи жагъуэ пщIынкъым. Сыт ар къызыхэкIыр? ЖызыIэращ псори зэлъытар: Iуэхур езы псалъэракъым, атIэ ар къызыбгъэдэкI гум и къабзагъэрщ. * * * ГуфIэгъуэ пщыхьэщхьэ зэхыхьэ дыгъэлышхуэ, адыгэ лъэпкъым къыдихауэ. Зэхыхьэ ехьэжьа, макъамэр шатащхьэ маеу щхьэщыту. Iэгур тракъутэрэ лъэгур къафэ хъыжьэм щыщIрагъэуду, уэрэдри арауэ, лъагэу Iэтауэ. А псоми я псэ пшынэ щIэрыпсыр зыгъэбзэрабзэ лIы бжьыфIэ, нэгу угъурлы хъужауэ. Абы и Iэпэхэр чэзууэрэ псынщIэу холъэт. И щхьэр лъэныкъуэкIэ тещIащ, а макъамэм, утыкум щекIуэкI псом задищIу, и Iэпкълъэпкъыр зэрехьэ, и лъэри тепыIэркъым. Уолъагъу и напэм къежэх пщIэнтIэпсыр — и гур, и псэр хелъхьэ… Мы къэралым цIыхуу исыр апхуэдэу хьэлэлу, я гур, я псэр етауэ зы илъэс закъуэ нэхъ мыхъуми згъэлажьэу, ди псэукIэр зэрыхъум сеплъащэрэт! * * * — Уузыншэщ, уи къару илъыгъуэщ, итIани… — гукъанищэр хуэсщIрэ жезмыIэ щымыIэу соущие нэхъыщIэм. — Бетэмал, а уи ныбжьым иджыпсту сэ сыкъихутэжамэ, плъагъунт сщIэр! — НтIэ, сэ си ныбжьым уитакъэ уэ?! — Абы щыгъуэ а уи щхьэм иджыпсту илъым хуэдизщ сысейми илъар!
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28049.txt" }
Нобэ Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм и мамырщIэкъу къарухэм я дунейпсо махуэщ. ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм 2002 гъэм дыгъэгъазэм и 11-м къищта унафэмкIэ ягъэуващ. Дзэм къулыкъу щызыщIэ автомобилистым и махуэщ Накъыгъэм и 29 — 31-хэм Москва щызэхэтынущ «ЦIыхубэ узыншэрщ Къэрал Щхьэхуитхэм я Зэгухьэныгъэм хыхьэ щIыналъэхэм я зыузэщIыныгъэм и лъабжьэр» зэхуэсышхуэр. Накъыгъэм и 29 — 31-хэм Санкт-Петербург щекIуэкIынущ Дунейпсо Олимп Комитетым и гъэзэщIакIуэ комитетым и зэхуэсыр. Литературовед, критик цIэрыIуэ, филологие щIэныгъэхэм я доктор, КъШКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и вице-президент, Къэрэшей-Шэрджэсым и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Бэчыжь Лейлэ къыщалъхуа махуэщ. КъШР-м щыщ еджагъэшхуэ, филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, усакIуэ Абдокъуэ Маринэ къыщалъхуа махуэщ. Урысей киномрэ театрымрэ я актер гъуэзэджэ, Урысей Федерацэм и цIыхубэ артист Абдулов Александр къызэралъхурэ илъэс 60 ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, уэшх тIэкIу къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 20 — 22-рэ, жэщым градус 15 — 16 щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28059.txt" }
Лэжьыгъэ IуэхукIэ Адыгей. Республикэм и Iэтащхьэ ТхьэкIушынэ Аслъэнджэрий IущIащ Урысейм и Федеральнэ антимонопольнэ къулыкъум (ФАС) и унафэщIым и къуэдзэ Субботин Павел. ХьэщIэр республикэм къэкIуащ ФАС-м и щIыналъэ управленэм и лэжьыгъэр зэрекIуэкIым еплъыну, законодательствэм игъуэтыну зэхъуэкIыныгъэхэм япкъ иткIэ зыIууэнкIэ хъуну гугъуехьхэм щигъэгъэзэну. ЛъэныкъуитIыр тепсэлъыхьащ а зэхъуэкIыныгъэхэм ящыщу контракт щытыкIэм хуэкIуэным теухуа Iуэхугъуэ зыбжанэм. Субботиным къызэрыхигъэщамкIэ, а унэтIыныгъэхэр Урысейм и Федеральнэ антимонопольнэ къулыкъум и нэIэм щIэтынущ. — Фи IэнатIэм игъуэтыну зэхъуэкIыныгъэхэр Iэмал имыIэу ар зыгъэзэщIапхъэ къулыкъухэм я деж нэдгъэсынщ, — къигъэгугъащ ТхьэкIушынэм ФАС-м и лIыкIуэр. ЗэIущIэм кърихьэлIащ Урысейм и антимонопольнэ къулыкъум и IуэхущIапIэу Адыгейм щыIэм и унафэщI КъубэщIыкI Аслъэн. МащIэу щIыр хъеящ Къэрэшей-Шэрджэс. Накъыгъэм и 28-м сыхьэти 4-рэ дакъикъэ 15-м республикэмрэ Абхъазымрэ я гъунапкъэм щIыр мащIэу щыхъеящ. КъызэрымыкIуэ щытыкIэхэмкIэ министерствэу КъШР-м щыIэм и пресс-IуэхущIапIэм къызэритамкIэ, Сочэ къалэ ар балли 3-4 хъу магнитудэм щынэсащ. Ар щызыхащIащ Къэрэшей-Шэрджэсми. ЗэкIэ къата хъыбарымкIэ, зэтекъутэныгъэ щы- Iэкъым, цIыхухэр зыгъэпIейтея Iуэхугъуэхэр кърикIуакъым. УЭРДОКЪУЭ Женя.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28061.txt" }
Балигъ гъащIэм хобакъуэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и школхэр къэзыух ныбжьыщIэ 6642-м иужьрей уэзджынэр къахуеуащ накъыгъэм и 25-м. Гъэ еджэгъуэр зэриухым хуэгъэпса зэIущIэхэр Iэтауэ щагъэлъэпIащ республикэм и школ псоми. Хабзэ хъуауэ, а махуэр ныбжьыщIэхэм даIэт икIи хъуэхъу дахэхэмкIэ зыхуагъазэ егъэджакIуэхэм, адэ-анэхэм, гуфIэгъуэ зэхыхьэм кърихьэлIэ хьэщIэхэм. КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Семэн Пщыкъанрэ Налшык щIыпIэ администрацэм егъэджэныгъэмкIэ и департаментым и унафэщI Мэлбахъуэ Тимуррэ щыIащ къалэм дэт курыт школ №21-м. — Курыт школ №21-м фыкъыщIокIри XXI лIэщIыгъуэм и балигъ гъащIэм фыхобакъуэ, — бжыгъэхэр зэрызэтехуэм икIи абы нэщэнэ гуэр зэриIэм гу лъаригъатэу къыхигъэщащ министрым ныбжьыщIэхэм защыхуигъазэм. — Фи адэ-анэ- хэмрэ егъэджакIуэхэмрэ къызэрыфщыгугъауэ факъыхущIэкIыну, жэуаплыныгъэ зыхьыф, пэжымрэ захуагъэмрэ зыгъэнэхъапэ цIыху нэс къыфхэкIыну ди гуапэщ. Сыт хуэдэ Iуэхуми ехъулIэныгъэ щывиIэну дынывохъуэхъу! НыбжьыщIэхэм я мурад дахэхэр къехъулIэну зэригуапэр къыхигъэщри, Мэлбахъуэ Тимур республикэ олимпиадэм щытекIуахэу Хъарзынэ Каринэрэ Уэртэн Миланэрэ дипломхэр яритыжащ. Балигъ гъащIэм щыпхаш лъагъуэр насыпыфIэ хъуну я гъэсэнхэм ехъуэхъуащ школым и унафэщI Къэзакъ Зухрарэ ныбжьыщIэхэм я япэ егъэджакIуэ Къущхьэ Джульеттэрэ. Япэ классыр къэзыух цIыкIухэр еджапIэм къыщIэкI дэтхэнэ зыми хуэгъэпса усэхэм къеджащ. НыбжьыщIэхэм фIыщIэ хуащIащ илъэс 11-кIэ адэ-анэ етIуанэу къащхьэщыта егъэджакIуэхэм, абыхэм ятеухуа усэхэр, уэрэдхэр жаIащ. Школ вальсыр ягъэзэщIа иужь, шар гъэпщахэр уафэм драгъэлъэтеящ, япэ классыр къэзыух цIыкIухэм я ныбжьэгъу нэхъыжьхэр я иужьрей дерсым щIэсыну еджапIэм щIашащ. Ныбэжь Таисэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28062.txt" }
Темиржанов Махъты и дамыгъэ лъапIэ УФ-м и Президент Путин В. В. къыдигъэкIа УказымкIэ Шэрэдж муниципальнэ районым и щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ Темиржанов Махъты къратащ Урысей Федерацэм и къэрал наградэр — «Хэкум и пащхьэ щиIэ фIыщIэм папщIэ» орденым и етIуанэ нагъыщэ медалыр. Апхуэдэ наградэ лъапIэр щIыналъэм и Iэтащхьэм къыхуагъэфэщащ илъэс куэд лъандэрэ хьэлэлу зэрылажьэм икIи къэралым и пащхьэ фIыщIэ хэха зэрыщиIэм папщIэ. Темиржанов Махъты Уэсмэн и къуэр 1953 гъэм щIышылэм и 11-м Кизил-Кия къалэм (Къыргъыз Республикэ) къыщалъхуащ. Техникэ щIэныгъэхэм я кандидатщ. Хьэсэней поселкэм и щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэу, КъБР-м промышленностымкIэ, транспортымрэ связымкIэ и министрым и япэ къуэдзэу лэжьащ. 1997 гъэм КъБр-м и Парламентым и депутату хахащ. 2001 гъэ лъандэрэ Шэрэдж муниципальнэ районым и администрацэм и Iэтащхьэщ. 2003 гъэм КъБР-м и ЩIыхь тхылъыр къратащ, 2012 гъэм «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIыхь зиIэ и экономист» цIэ лъапIэр къыфIащащ, 2013 гъэм Урысей Федерацэм и законодательствэмрэ парламентаризмэмрэ зегъэужьынымкIэ бгъэдэлъ фIыщIэм папщIэ УФ-м и Къэрал Думэм и ЩIыхь тхылъыр къратащ. Шэрэдж муниципальнэ администрацэм и пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28064.txt" }
БлэкIам ухегъэплъэж Адыгэ Республикэм и къалащхьэ Мейкъуапэ иджыблагъэ къыщыдэкIащ хэхэс гъащIэр зи натIэ хъуахэм я щIэблэ, Хэкужьыр псэупIэ зыхуэхъужа Едыдж Нихьаи и Iэдакъэм къыщIэкIа «Къэгъэзэгъу» тхылъыр. Едыдж Нихьаи Нихьаи 1945 гъэм Тырку Республикэм и Анталие къалэм епха Елэмэ къуажэ цIыкIум къыщалъхуащ. 1953 гъэм абы я унагъуэр Анталие къалэм къэIэпхъуащ. Анкара щыIэ институтыр 1970 гъэм къиухри, Элазыгъ тырку къалэм дэт колледжым нэмыцэбзэр илъэситIкIэ щригъэджащ. ИужькIэ Анталием игъэзэжри, зыхуеджа IэщIагъэмкIэ абы илъэс 23-кIэ щылэжьащ. Пенсэм кIуа иужь, зэрыцIыкIурэ и псэм щигъафIэ адэжь щIыналъэм 1995 гъэм къэIэпхъуэжащ и унагъуэр и гъусэу, абы лъандэри Налшык щопсэу. Нихьаи и щхьэгъусэ Шукрэн Шыкуэхэ япхъущ. Зэщхьэгъусэхэм шхапIэ ягъэлажьэу, я щхьэ Iуэху дагъэкIыжу мэпсэу. ЩIэблэ дахи яIэщ абыхэм: япхъу Тамерис Цейхэ я нысэщ, бынищ къыщIэхъуащ, я щIалэ Едыдж Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и экономикэ факультетым щрегъаджэ, унагъуэщ, зы щIалэрэ зы пщащэрэ иIэщ. Тыркум щыIэ адыгэ къуажэ 800-м ящыщ зыщ Анталием къегъэщIылIа Елэмэ жылэ цIыкIур. Зи сабиигъуэр абы щыкIуа Нихьаи мы тхылъым къыщигъэлъэгъуэжащ къуажэм щыIэ псэукIэр, дэлъ хабзэр, ар а щIыпIэм деж зэрытIыса щIыкIэр, къыщребжэкI дэс лIакъуэхэр, я гугъу щещI жылэм и цIэр фIыкIэ зыгъэIуа щIэныгъэлIхэмрэ IэщIагъэлIхэмрэ. Апхуэдэу тхылъым къыщыбгъуэтынущ лъэпкъ тхыдэр къызыхэщыж хъыбар гъэщIэгъуэнхэр, уэрэдхэр, усэхэр. Тхылъым итщ уэрэдхэм я нотэхэр, ахэр мы къыдэкIыгъуэм зэрихуэным хуэдэу игъэхьэзыращ Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым и лэжьакIуэ, тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат, макъамэр зыдж ГъукIэ Анжелэ. Нихьаи зэхуихьэсыжащ хэхэс адыгэхэм яхъума IуэрыIуатэр, таурыхъхэр, къуажэхьхэр, псалъэжьхэр, псалъэ шэрыуэхэр, щIагъыбзэхэр, джэгукIэхэр. Адыгэ шхыныгъуэхэм я гъэхьэзырыкIэхэри ящыгъупщэжакъым хамэ щIыпIэ щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм. ГъэщIэгъуэныращи, мыбдежым Едыджым щапхъэу къыщихь шхыныгъуэхэр нобэ хэкурысхэм нэхъ ящыгъупщэж хъуахэм ящыщщ. Ар и щыхьэтщ хэхэс гъащIэр зи натIэ хъуахэм къызыхэкIамрэ зыщыщымрэ ящымыгъупщэн щхьэкIэ сыт хуэдэ Iэмалри къызэрагъэсэбэпыр. Абы и зы щапхъэщ нобэ дэ къэдмыгъэсэбэпыж псалъэ куэд хэхэс адыгэм зэрахъумари. Апхуэдэ псалъэхэри зэхуихьэсыжащ тхылъыр зи IэдакъэщIэкIым. КъыдэкIыгъуэм ихуа хъыбархэмрэ тхыгъэхэмрэ ящIыгъу сурэт гъэщIэгъуэнхэм куэд къыбжаIэ: абыхэм Елэмэ жылэм и блэкIами ухегъэплъэжри, и нобэми ущегъэгъуазэ. «Зи блэкIар зымыщIэм, къэкIуэн иIэкъым», — жеIэ адыгэ псалъэжьым. Абы и лъэныкъуэкIэ лъэпкъ тхыдэм и зы лъэхъэнэм ухэзышэж къыдэкIыгъуэщ Едыдж Нихьаи и тхылъыр. ЩхьэщэмыщI Изэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28067.txt" }
Акъылым уасэ иIэкъым, гъэсэныгъэр гъунэншэщ Белгород кооперацэмкIэ, экономикэмрэ правэмкIэ дэт университетым (БУКЭП) и къудамэу Налшык щыIэ еджапIэм зэIущIэ дахэ щекIуэкIащ. Ар теухуат БУКЭП-р къызэрызэIуахрэ мы гъэм илъэс 35-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ къызэрагъэпэща, ЕрыскъыхэкIхэмкIэ XII дунейпсо студент фестивалым. Университетым Урысейм и къалэ зэмылIэужьыгъуэхэм щригъэкIуэкI а фестивалым куэдкIэ къыщхьэщыкIырт Налшык щыIэ къудамэм къызэригъэпэщар. Институтым и егъэджакIуэ, социальнэ, щэнхабзэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэмкIэ къудамэм и унафэщIым и къуэдзэ ХьэфIыцIэ Эльмирэ зэхиша зэIущIэр хухэхауэ щытащ адыгэ шхыныгъуэхэмрэ ахэр зэрапщэфI щIыкIэмрэ. Ди лъэпкъым ижь-ижьыж лъандэрэ къыдекIуэкI гъавэхэкIхэмрэ ерыскъыхэмрэ я гугъу щащIым, блэкIакъым адыгэ гъащIэм хэлъ щхьэхуэныгъэхэмрэ зыми емыщхь адыгэ хабзэм и зэхэлъыкIэмрэ. Къэбгъэлъагъуэмэ, Налшык КооперацэмкIэ дэт институтыр илъэс 12 хъуауэ БУКЭП-м и къудамэщ икIи лэжьыгъэшхуэ щокIуэкI. Къэралым щаубзыхуа мардэм къигъэув къалэн псори нэсу щагъэзащIэ, IэнатIэм щIэуэ къыхыхьэ Iуэху бгъэдыхьэкIэхэр и чэзум зи лэжьыгъэм хэзыпщэ, иджырей хъыбарегъащIэ технологиехэр Iэзэу къэзыгъэсэбэп институтым гулъытэ хэха хуещI щIалэгъуалэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу лъэпкъхэм я хабзэхэм, щэнхабзэм дегъэхьэхыным, гъэсэныгъэ тэмэм егъэгъуэтыным. Абы ипкъ иткIэ, ХьэфIыцIэ Эльмирэ игъэхьэзыра пшыхьым мыхьэнэшхуэ иIэт ныбжьыщIэхэм я лъэпкъ зэхэщIыкIым зегъэужьынымкIэ, щэнхабзэм хэгъэгъуэзэнымкIэ, игъащIэми адыгэм къыдекIуэкI, къэуат зыщIэлъ шхыныгъуэхэр зыхуэдэр, ахэр зэрапщэфIыр, Iэнэм зэрытрагъэувэм ехьэлIа хабзэхэр егъэщIэнымкIэ. НыбжьыщIэхэм ягъэлъагъуэхэр къапщытэну фестивалым кърагъэблэгъащ Белгород дэт университетым и къудамэу Налшык щыIэм и унафэщIым и къуэдзэ, педагогикэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор Щоджэн ФатIимэт, кафедрэм и доцент Щомахуэ Розэ, Сатум, потребительскэ кооперацэм я лэжьакIуэхэм я профсоюзым и рескомым и Iэтащхьэ Бекъалды Маритэ, институтым и юрист Къардэн Анатолэ сымэ. Фестивалыр адыгэ джэгу дахэкIэ ныбжьыщIэхэм яублащ икIи кърихьэлIахэм фIэхъус гуапэкIэ зыхуагъэзащ. Адыгэ ерыскъыхэкIхэм я гугъу ящIын къыщыщIадзар, дауи, куэд щIауэ ди лъэпкъым къыдекIуэкI нартыхум и дежщ. Абы къыкIэлъыкIуэу ныбжьыщIэхэр тепсэлъыхьащ Iэнэм къытехьэ шхыныгъуэхэр къызыхащIыкI гъавэм, хадэхэкIым, пхъэщхьэмыщхьэм, нэгъуэщIхэми. Лым, шэм, хьэжыгъэм къыхэщIыкIа ерыскъыхэр нэхъыфIу ялъагъурт адыгэхэм. Абы папщIэ нартыху, гуэдз куэду ягъэкIыу зэрыщытар, жэм, мэл, джэдкъаз ягъэхъуу къызэрекIуэкIар ягу къагъэкIыжащ. Къэуат зыщIэлъ ерыскъыр ягъэхьэзырамэ, унагъуэр зэхэтIысхьэрэ IэфIу зэдэшхэу зэрыщытам нэмыщIкIи, ныбжьыщIэхэм ящыгъупщакъым адыгэр хьэщIэхуэфIу къызэрыгъуэгурыкIуар. Ди лъэпкъым хьэщIэм хуищI пщIэр дэнэ щIыпIи зэрыщаIуатэр жаIа нэужь, ахэр мащIэу пщафIэу зэрыщымытар къыхагъэщащ. Сыт щыгъуи «къакIуэ и Iыхьэ» жиIэурэ унагъуэм щIэсым къадэхуэн хуэдэу пщафIэрт адыгэ унэгуащэр. Абы папщIэ лы шыуа, гъэгъупцIа сыт щыгъуи иIэти, хьэщIэ къыхуэкIуа нэужь, унэгуащэм и пIастэр хьэзыр хъуху, дакъикъэ 15 — 20-кIэ ерыскъы IэфI зэмылIэужьыгъуэхэр зытет Iэнэ къиузэдырт. Ауэ щыхъукIи, апхуэдэ гъэхьэщIэкIэр унагъуэ хуэщIа-хуэмыщIакIэ зэхидзыртэкъым, я нэхъ къулейсызу къащыхъу унагъуэми хьэщIэу уихьамэ, яIэр пхузэблахырт. НыбжьыщIэхэм жаIэ апхуэдэ хъыбархэм я щыхьэтт фестивалыр щекIуэкI пэшым щегъэувэкIа Iэнэшхуэри. Студентхэм ягъэхьэзырат джэд лыбжьэ, кхъуейжьапхъэ, жэмыкуэ, джэш лыбжьэ, пIастэ, былымыл гъэва, бжьыныху шыпс, мэлыл гъэжьа, джэд гъэва, джэд гъэжьа, IэшрыI, кхъуей плъыжь, лэкъум, мэжаджэ, щIакхъуэ зэтеупIэщIыкI, дэлэн, зэкIэрыс, хьэлыуэ, тхъурыжь, махъсымэ… Уеблэмэ щхьэщIэлъэныкъуэ гъэвари нышу къытрагъэуват. А псори щагъэлъагъуэм, щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ жаIэжащ ахэр зэрагъэхьэзырымрэ зи гъусэу Iэнэм яхьымрэ. НыбжьыщIэхэр къеджащ адыгагъэм, лъэпкъым, адыгэ пщащэм теухуа усэхэм. Апхуэдэуи къыддэгъуэгурыкIуэ псалъэжьхэри лъэныкъуэкIэ къагъэнакъым, апхуэдэу 100-м нэблагъэ зэпадзыжу студентхэм жаIащ. Утыкум щекIуэкI Iуэхум къыхашащ пэшым щIэсхэри, махуэхэм, мазэхэм я цIэхэр адыгэбзэкIэ жаIэурэ джэгу-зэпеуэ ирагъэкIуэкIащ. Фестивалым и кIэухым студент щIалэгъуалэм къагъэлъэгъуащ адыгэ хьэгъуэлIыгъуэм и зы Iыхьэ — унэишэр. Адыгэ джэгумрэ уэредадэмрэ щызэхэухуэна а теплъэгъуэ дахэр пшыхьым гуIэфIтещIэж хуэхъуат. Ялъэгъуа псоми арэзы зэрищIар, адыгэ хабзэм щыщ Iыхьэхэр дахэу утыку къызэрырахьар жаIащ а псоми набдзэгубдзаплъэу якIэлъыплъа къэпщытакIуэ гупым щыщхэм. — Iуэхур къызэзыгъэпэщахэми хэтахэми фIыщIэ фхузощI, — жиIащ Щоджэн ФатIимэт. — Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, мыр и чэзу дыдэу къехьэжьа хъуащ. Адыгэ хабзэмрэ бзэмрэ цIыхухэм тIэкIу IэщIыб щащI мы зэманым ди сабийхэр абы зэрыщIэтпIыкIыр икъукIэ хъарзынэщ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, ныбжьыщIэхэр къэгъэнауэ, адэ-анэ куэдми къыбжаIэфынукъым нобэ цIыкIухэм зэхыдагъэха мазэхэм, махуэхэм адыгэбзэкIэ зэреджэр. Илъэс 32-рэ хъуауэ мы еджапIэм щылажьэ ХьэфIыцIэ Эльмирэ къызэригъэпэща Iуэхум уасэ иIэкъым жыпIэкIэ ущыуэнукъым — дэ нобэ тлъэгъуащ цIыхухэм хуэм-хуэмурэ яIэщIэхуж, адыгэпсэр зыхуэзэша теплъэгъуэхэр. Щоджэн ФатIимэт къыхигъэщащ еджапIэм щекIуэкI факультатив дерсхэм адыгэ, балъкъэр хабзэхэр щадж сыхьэтхэр хэгъэхьэн зэрыхуейр. Белгород кооперацэмкIэ, экономикэмрэ правэмкIэ дэт университетым и къудамэу Налшык щыIэм и унафэщI, педагогикэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор Щоджэн Ахьмэд къыщыпсалъэм жиIащ Урысейм псэкупсэ тхьэмыщкIагъэр къыщылъыса мы лъэхъэнэм лъапIэныгъэ куэд зэрытфIэкIуэдар, ахэр къэгъэщIэрэщIэжынымкIэ еджапIэхэм къалэнышхуэ я пщэ къызэрыдэхуэр. — Нобэ екIуэкIа зэIущIэр ди еджапIэ нэхъыщхьэм — Белгород дэт университетым — и илъэс 35-р зэригъэлъапIэм хухэхащ, — жиIащ Щоджэным. — Апхуэдэ фестивалхэр иджыпсту абы и къудамэ псоми щокIуэкI. ИужькIэ, мэкъуауэгъуэм, а псори зэхыхьэнурэ Белгород къалэм махуэшхуэ щызэхаублэнущ. Ди къудамэм къыбгъэдэкIыу абы хэтынухэм мы гупыр хэгъэхьэн зэрыхуейм шэч хэлъкъым. Сыту жыпIэмэ, нобэ дахэу, екIуу, купщIафIэу утыку кърахьащ адыгэм и дуней тетыкIэр, къыдекIуэкI хабзэхэр, псалъэ Iущхэр, щэнхабзэр, ерыскъы IэфIхэр. Щоджэн Ахьмэд къыхигъэщащ егъэджэныгъэ мардэм къызэщIиубыдэ Iуэхугъуэхэм нэмыщI, республикэм ис лъэпкъитIым я хабзэхэр студентхэм егъэджыным мыхьэнэшхуэ зэриIэр. Абы папщIэ ХьэфIыцIэ Эльмирэ хуэдэ, зи IэнатIэм хуэIэзэ егъэджакIуэ гъуэзэджэхэр зэраIэр къыхигъэщащ. — Ди институтыр БУКЭП-м нэхърэ нэхъыжьщ, — къыпищащ адэкIэ унафэщIым. — Илъэс 48-рэ и пэкIэ егъэджэныгъэ Iуэхур кърахьэжьащ кооператив училищэу, итIанэ ПТУ, техникум хъуащ, 2001 гъэ лъандэрэ БУКЭП-м и къудамэу Налшык щолажьэ, Урысей Федерацэм и экономикэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм я нэхъыфIхэм хабжэу. СызэреплъымкIэ, абы и пщIэри, и лэжьыгъэри зыIэтхэм ящыщщ нобэ екIуэкIа фестивалым хуэдэхэр. КъэпщытакIуэ гупым хэтхэм къыхагъэщащ жыджэру зыкъэзыгъэлъэгъуа студентхэу ЗыщIэж Заирэ, ТIатIым Каринэ, Ансыкъуэ Заринэ, Сэмэгу Анзор, Темырчы Мухьэмэд, Хэжь Аскэр сымэ. ЕгъэджакIуэхэм я лэжьыгъэм хуаIэ бгъэдыхьэкIэмрэ жэуаплыныгъэмрэ къэзыгъэлъагъуэ, студент гъащIэр нэгузыужь, купщIафIэ зыщI фестиваль хъуащ ХьэфIыцIэ Эльмирэрэ абы и гъэсэнхэмрэ къызэрагъэпэща пшыхьыр. Нэхъыщхьэращи, мы Iуэху щхьэпэм мыхьэнэшхуэ иIэщ къыдэкIуэтей щIэблэр лъэпкъым и бын пэжу гъащIэм хэгъэувэнымкIэ, щIэныгъэм къыдэкIуэу гъэсэныгъэ яхэлъхьэнымкIэ, лъэпкъ хабзэмрэ нэмысымрэ тету псэунымкIэ. НэщIэпыджэ Замирэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28074.txt" }
Тхылъым и ныбжьэгъу пэжхэр КъыдэкIуэтей щIэблэр тхылъ еджэным ешэлIэжыным, цIыхум и зэхэщIыкIыр егъэфIэкIуэнымкIэ абы и мыхьэнэр зэрыгъунапкъэншэр абыхэм къагурыгъэIуэным теухуауэ нобэ лэжьыгъэшхуэ кърехьэлIэ «КъБР-м и щIэджыкIакIуэхэм я зэгухьэныгъэм». Къыхэгъэщыпхъэщ, Урысейм и Ипщэ щIыналъэм а къалэн гугъур зи пщэ дэзылъхьэжа мыбыхэм фIэкIа нэгъуэщI зы IэнатIи зэрыщымыIэр. Илъэс куэд хъуауэ абы и унафэщI Шинкарёвэ Наталье зэрытхутепсэлъыхьамкIэ, мы зэманым я нэIэ трагъэтщ зи тхылъ гъэтIылъыгъэхэр мащIэ хъуа район, къуажэ библиотекэхэм. Илъэс къэс, хабзэ зэрыхъуам тету, абыхэм хурагъашэ «Библиотека новой русской классики» фIэщыгъэм щIэт серием хиубыдэ тхылъхэр. Апхуэдэу сабий къыдэкIыгъуэхэмкIи ядоIэпыкъу. Мы зэгухьэныгъэр ялъоIэс ди республикэм и еджапIэ нэхъыщхьэхэми. «Тхылъхэм етIуанэ гъащIэ егъэгъуэтын» Iуэхугъуэр щIэх-щIэхыурэ ирагъэкIуэкI. Абы и лъэныкъуэкIэ, еджэныр фIыуэ зылъагъухэр чэнджэщхэмкIэ зэдогуашэ, унэм тхылъ куэд щызиIэхэр библиотекэхэм япоIэбэ, Iей хъуа тхылъхэр зэрагъэпэщыж. Апхуэдэ зэпыщIэныгъэхэм я фIыгъэкIэ, щIэджыкIакIуэхэр нэхъ зэпыщIа хъум и мызакъуэу, зэпэубыдауэ щыт тхылъхэри къаIэрыхьэну Iэмал ягъуэт. Мы зэгухьэныгъэм Iуэхутхьэбзэ яхуещIэ къэралым и тхылъ тедзапIэ нэхъыфIхэм къыдагъэкI- хэр пощткIэ цIыхум яIэрыгъэхьэнымкIэ. УнафэщIым къызэрыхигъэщамкIэ, мурадыфIхэри яIэщ. Абыхэм ящыщ зыщ щIыпIэ-щIыпIэхэм рекламэ баннерхэр щыгъэувыныр. Ахэр нобэрей гъащIэм хэзагъэу икIи тхылъ еджэ щIалэгъуалэр зыщIэупщIэхэм сыткIи техуэу щытынущ. Шэрэдж Дисэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28081.txt" }
Чемпионхэр Iуащхьэмахуэ лъапэ зыIэпешэ Iуащхьэмахуэ лъапэ дэт «Вольфрам» зыгъэпсэхупIэм мы махуэхэм зыщегъасэ Урысейм тхэквондомкIэ и командэ къыхэхам (цIыхухъухэми цIыхубзхэми). Спортсмен нэхъ лъэщхэм зыхуагъэхьэзыр мы гъэм и бадзэуэгъуэм Мексикэм щызэхэтыну дунейпсо чемпионатым. Абыхэм яхэтщ Лондон щекIуэкIа Олимп Джэгухэм жэз медаль къыщызыхьа, Урысейм тIэунейрэ и чемпион Денисенкэ Алексей, Европэм плIэнейрэ и чемпион, дунейпсо чемпионатхэм щэнейрэ ехъулIэныгъэхэр щызыIэрызыгъэхьа Магомедов Сейфула, 2012 гъэм зэхэта Олимп Джэгухэм ещанэ увыпIэр щызыубыда, Европэм тIэунейрэ и чемпионкэ Боярышниковэ Анастасие сымэ. Трасов Дмитрий Магомедов Сейфула Бгылъэхэм зыщыбгъэсэныр Iуэху къызэрыгуэкIкъым. Хьэуар зыхуримыкъу Iэпкълъэпкъым дежкIэ ар хьэлъэщ. ЦIыхубзхэм я командэ къыхэхам и тренер нэхъыжь Трасов Дмитрий зэрыжиIэмкIэ, Мексикэм и нэхъ бгылъэ лъагэ штат Пуэблэ щекIуэкIыну чемпионатым ди спортсменхэм зыщыхуагъэхьэзырын щIыпIэ нэхъыфIыр Iуащхьэмахуэ лъапэщ. «ЛъагапIэ щIыпIэм зыгъэсэныгъэхэр щебгъэкIуэкIмэ, куэдкIэ нэхъ псыхьа уохъу. Махуэ зыбжанэ хъуащ Iуащхьэмахуэ лъапэ дыкъызэрыкIуэри, спортсменхэр щIыпIэм нэхъри йосэ. Тафэм тренировкэхэр щыщрагъэкIуэкIкIэ, езыхэми къызэрыхагъэщщи, нэхъ йош», — жеIэ Денисенкэ Алексей. Ахэр щIыпIэм и климатым хэзэгъэн папщIэ бгыхэм докI, псей мэзым къыщажыхь. Апхуэдэ зыгъэсэныгъэхэр Iуащхьэмахуэ лъапэ иджы япэу щрагъэкIуэкI. Магомедов Сейфуларэ Денисенкэ Алексейрэ апхуэдизкIэ фIыуэ ялъэгъуащ Iуащхьэмахуэ лъапи, сыт хуэдэ щхьэусыгъуэу щрети, къытрагъэзэжыну я мурадщ. «Сэ Дагъыстэным сыщыщщ, бгыхэм сыщопсэу икIи лъагапIэхэм зыщыгъэсэныр си дежкIэ къызэрыгуэкIщ, — жеIэ Магомедовым. — Ауэ ипэжыпIэкIэ бгыхэм я дахагъэмрэ уардагъэмрэ сыщыдахьэхар иджыщ — Iуащхьэмахуэ лъапэ узыIэпешэ. ЩIыпIэм къэзгъэзэжыну си мурадщ икIи сыщогугъ зыгъэсэныгъэхэр мыбы щегъэкIуэкIыныр хабзэ хъуну». Денисенкэ Алексей Боярышниковэ Анастасие — Дэ дыхуейщ Iуащхьэмахуэ лъапэ зыщыдгъэсэну, — и фIэщу жеIэ Денисенкэ Алексей. Абы и щхьэусыгъуэу къегъэлъагъуэ щIыпIэм и хьэуа къабзэр, щIыуэпсым и дахагъэр, командэр гуапэу езыгъэблэгъа, щIыпIэм щыпсэухэм къыкIэлъызэрахьэ хьэщIагъэшхуэр. КъыпыгуфIыкIыу жеIэ бгыхэм фIыуэ узэрыщыжейр, Iэпкълъэпкъым зэрызыщигъэпсэхур. «Метр мини 2,5-м щIигъу лъагапIэм зыгъэсэныгъэхэр щегъэкIуэкIыныр хуэди 2 — 3-кIэ нэхъ хьэлъэщ, тафэм нэхърэ. Аращ мыбы дыкъыщIэкIуари. ЛъагапIэм хьэуар къыщыдомэщIэкI. Iэпкълъэпкъым ар щызэхуихьэсыр тафэм къехыжу зэман гуэр дэкIа нэужьщ. Апхуэдэ щытыкIэм зыгъэсэныгъэхэр ирегъэфIакIуэ, цIыхум и Iэпкълъэпкъыр епсыхь», — къыджиIащ Боярышниковэ Анастасие. Гукъыдэжрэ дэрэжэгъуэрэ я куэду спортсменхэм зыхуагъэхьэзыр къапэщыт дунейпсо чемпионатым. Ахэр хущIокъу икIи щогугъ я къару псори ирахьэлIэу Урысейм и командэ къыхэхам и дыщэ медалхэм къыхагъэхъуэну. Тарим Алисэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28083.txt" }
Китайхэр къулей зэрыхъуар Иджыблагъэ къагъэлъэгъуа статистикэм тепщIыхьмэ, я къэралым ику иту щат улахуэм нэхърэ хуэди 2,5-кIэ нэхъыбэ къахь китай щIэныгъэлIхэм. Урысей Федерацэм и щIэныгъэрылажьэхэм иратыр нэхъ мащIэщ — ику ит улахуэм нэхърэ зэрынэхъыбэр хуэдэ 1,5-кIэщ. ГъэщIэгъуэнракъэ, сом бжыгъэкIэ къапщтэмэ, ди щIэныгъэлIхэм къахьыр нэхъыбэщ — ар сом мин 48-м щIегъу, китайхэм ейр сом мин 29-м нэблагъэу аращ. «Ди щIэныгъэлI псоми къахьыркъым апхуэдиз, — жеIэ ЦIыхухэм я псэукIэр къэзыпщытэ урысейпсо центрым и унафэщI Бобков Вячеслав. — Языныкъуэхэм (ахэри куэд дыдэ хъуркъым) хамэ къэрал грантхэр къахькIэрэ, я хэхъуэр нэхъыбэ хъууэ аращ. Къэбгъэлъагъуэмэ, прикладной щIэныгъэм щылажьэхэм я улахуэр къэралым ику иту щатым нэсыххэркъым (сом мин 28-рэщ). Апхуэдэ щIэныгъэм хуэфащэ пщIэ зэрыхуамыщIыжым къыхэкIкIэ, къэралым зэрызиужьын лэжьыгъи я Iэдакъэ къыщIэкIыфынукъым». Урысейми хуэдэу, Китайм и цIыху акъылыфIэхэр хуэм-хуэмурэ КъухьэпIэмкIэ Iэпхъуащ. Иджы зи Хэку къэзыгъэзэжыну мурад зыщIа щIэныгъэрылажьэхэм хамэ къэралхэм къыщахьым нэхърэ куэдкIэ нэхъыбэ улахуэу хуагъэлъагъуэ. Къэбарт Мирэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28090.txt" }
ЗызэхэщIыкIыныгъэр я лъабжьэу США-м и къэрал секретарь Керри Джон иджыблагъэ Москва щыIащ. ЗэIущIэ нэужьым хьэщIэмрэ УФ-м хамэ къэрал IуэхухэмкIэ и министр Лавров Сергейрэ журналистхэр яIущIащ. — «Сэ сощIэ ди къэралхэм я зэхущытыкIэхэм лъэщу зэрызаужьынур. Ди Iуэху еплъыкIэхэр щызэтемыхуэ къэхъуми, дэ дызэкъуагъэувэ лъэныкъуитIми ди сэбэп инхэр зыхэлъхэм»,-къыхигъэщхьэхукIащ Керри Джон. Апхуэдэуи абы Москва фIыщIэ къыхуищIащ Бостон щалэжьа террорист щIэпхъаджагъэхэр зэхагъэкIынымкIэ зэрадэIэпыкъум папщIэ. Керрирэ Лавроврэ Сирием щызэфIэува щытыкIэм гулъытэшхуэ хуащIащ. ДипломатитIри арэзы техъуащ къаугъэ хьэлъэ дыдэр зэтес щIыжыным хуэунэтIауэ Женевэ къыщащта коммюникер зэрытэмэмым. Керри и псалъэхэм ятепщIыхьмэ, «ар тхылъымпIэ къудейуэ икIи дипломатие купщIэншэу къэнэжын хуейкъым». «Джон сэрэ нобэ къызэрыхэдгъэщхьэхукIащи, дэ ди къалэнщ Сирием и правительствэмрэ оппозицэм и къарухэмрэ зэдгъэпсэлъэныр къызэдгъэпэщыну», — жиIащ Лавров Сергей. Керрирэ Лавроврэ къалъытэ Женевэ конференцэ щхьэхуэ щызэхуагъэсын хуейуэ. Абы хэтыпхъэщ лъэныкъуэ псори. Мурадыр зыхуэгъэзар нэхъапэкIэ зэрызэгурыIуахэр ягъэзэщIэнырщ. Абыхэм ящыщ зыщ зэблэзыгъэкI правительствэ къызэрагъэпэщыным егъэщIылIауэ Сирием и властхэмрэ оппозицэмрэ зэдэгъэлэжьэныр. США-р щогугъ фокIадэм ирихьэлIэу ПРО-мрэ ядернэ Iэщэхэр дяпэкIи гъэмэщIэнымрэ ятеухуауэ Москварэ Вашингтонрэ зэгурыIуэну. Ар къыщыгъэлъэгъуащ Обамэ Барак Путин Владимир къыхуигъэхьа письмом. Урысей президентым къигъэгугъащ абы зэман гъунэгъу дыдэм жэуап иритыну. Керри Джон Ут Плъыжьым къыщикIухьащ, зауэм хэтахэм яIущIащ, Сэлэт МыцIыхум и кхъащхьэм удз гъэгъа Iэрамэхэр трилъхьащ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "28092.txt" }