text
stringlengths 11
353k
| meta
dict |
---|---|
Унагъуэр зыгъэдахэр цIыхубзырщ
Къэрал киноконцерт гъэлъэгъуапIэм гуфIэгъуэ щытыкIэм иту щагъэлъэпIащ «Илъэсым и цIыхубз пажэ» зэпеуэм щытекIуахэр. Фигу къэдгъэкIыжынщи, мы Iуэхугъуэ гуапэр 2001 гъэм къыщежьауэ илъэс къэс ирагъэкIуэкI. абы и къызэгъэпэщакIуэщ Налшык къалэм и ЦIыхубзхэм я советым.
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий пшыхьыр зыхуэгъэпса бзылъхугъэхэм йохъуэхъу Унагъуэм и дунейпсо махуэм — хуэгъэпсауэ къызэрагъэпэща пшыхь дахэр езыгъэкIуэкI КъБР-м и Макъамэ театрым и солист Абэнокъуэ Рустамрэ Къэбэрдей драмтеатрым и актрисэ КIэхумахуэ ФатIимэрэ япэу утыкур хуит хуащIащ ЦIыхубзхэм я советым и унафэщI Дыджэш Лидэ. Абы гур зэщIэзыIэта псалъэ гуапэхэмкIэ захуигъэзащ къызэхуэсахэм.
— Ди пшыхьым къеблэгъа анэшхуэхэм, анэхэм, ипэжыпIэкIэ гъащIэм и IэфIыр унагъуэм щызэтезыухуэ цIыхубзхэм фи дунейр щIэщыгъуэу, фи гур, фи псэр зэIухауэ, насыпыфIэу фыпсэуну си гуапэщ. Сыхуейщ цIыхухъухэми фи пщIэр лъагэу, ехъулIэныгъэрэ беягъэрэ фиIэу фыпсэуну, — жиIащ Дыджэшым.
Унагъуэр — лъагъуныгъэм, пщIэ зэхуэщIыным, гуфIэгъуэм, дэрэжэгъуэм я лъабжьэщ. Аращ сыт хуэдэ гугъуехьхэми пхыкIынымкIэ къарур щызэрыгъуэтыр, гъащIэм къыщохъулIэ гуфIэгъуэхэмкIэ, ехъулIэныгъэхэмкIэ псом япэу узыдэгуашэр.
Пшыхьыр зыхуэщIа Iуэхугъуэ гуапэм щIидзэри, утыкум кърагъэблэгъащ «ЗэгурыIуэ унагъуэ — ехъулIэныгъэ зиIэ унагъуэ» унэтIыныгъэм щытекIуа Унэжокъуэхэ Тимуррэ Заремэрэ, Алмэхэ Сергейрэ Зоерэ, Нальгиевхэ Альбертрэ Цэшрэ, Хачиевхэ Ибрэхьимрэ Ольгэрэ, Молаевхэ Маратрэ Мариерэ, Толстовхэ Евгениерэ Олегрэ я унагъуэхэр.
Налшык къалэ и ЦIыхубзхэм я советым и унафэщI Дыджэш Лидэрэ цIыхубэ усакIуэ Зумакуловэ Танзилярэ «ЦIыхубзхэм я Налшык советым щIыхь зиIэу хэт» цIэр хуагъэфэщащ КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ Зумакуловэ Танзиля, Хэку зауэшхуэм хэта Сасыкъ Марие, лэжьыгъэм и ветеран Зибровэ Ларисэ сымэ. Абыхэм ящыщу пшыхьым кърихьэлIэфар псоми фIыуэ ялъагъу, пщIэ зыхуащI цIыхубз уса- кIуэрщ.
«2012 гъэм и цIыхубз пажэ» хъуахэщ: «Зи IэщIагъэм куууэ хэзыщIыкI» Iыхьэм — профессор, медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, СГА-м и егъэджакIуэ Теммоевэ Лейла, ДОУ №5-м и унафэщI Iэзычэ Лидэ. «ГущIэгъумрэ псапэмрэ» Iыхьэм — Налшык къалэ дэт сабий поликлиникэ №1-м и дохутыр нэхъыщхьэ Мэремщауэ ФатIимэ. «Гъуазджэм хуэлэжьэн» Iыхьэм щытекIуащ «Горянка» газетым и редактор нэхъыщхьэ Къаныкъуэ Заринэрэ сурэтыщI Мамоновэ Светланэрэ, «ЦIыхубз жыджэр» — «Днипро» украин лъэпкъ щэнхабзэ центрым и Iэтащхьэ Харенкэ Светланэ, «Къэрал муниципальнэ къулыкъущIэ жыджэр» — КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къуэ-дзэ Карчаевэ Аминат.
«ЦIыхубзхэм псом хуэмыдэу ягу ирихь» саугъэт щхьэхуэр хуагъэфэщащ «Къэббалъкъгражданстрой» компанием и унафэщI Бэджыдэ Мухьэмэдрэ Урысей Федерацэм зыхъумэжыныгъэмкIэ и министр Шойгу Сергейрэ. Кубокымрэ лъэпкъ фащэкIэ хуэпа гуащэмрэ къызэгъэпэщакIуэхэм министрым Iэрагъэхьэжынущ.
Темыркъан Борис удз Iэрамэ дахэкIэ егъэгуфIэ Хьэщхъуэжь Татьянэ Утыкум кърагъэблэгъа унагъуэм, я IуэхущIафэрэ лэжьыгъэкIэ, дуней тетыкIэрэ ехъулIэныгъэкIэ цIэрыIуэ цIыхубз дахэхэм хуагъэфэща саугъэтхэмрэ удз гъэгъа Iэрамэхэмрэ IэщIалъхьащ, псалъэ гуапэхэмкIэ зыхуагъэзащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, КъБР-м и Iэтащхьэм и чэн-джэщэгъу Уянаевэ Аминат, КъБР-м и Парламентым щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ и комитетым и унафэщI Хьэщхъуэжь Татьянэ, Налшык къалэ администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Мокаев Махъты, КъБР-м и Композиторхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Темыркъан Борис, къалэм и сурэтыщI нэхъыщхьэ Дедегкаев Ким, «Кабардино-Балкарская правда» газетым и редактор нэхъыщхьэ Болэт Арсен, «Налшык къалэм и щэнхабзэ, зыгъэпсэхупIэ паркхэм я зэгухьэныгъэм» и унафэщI Хочуев Алий сымэ.
— Нобэрей пшыхьым кърихьэлIащ гуапагъэрэ нэхугъэкIэ зэщIэлыдэ цIыхубз екIухэм я нэхъ дахэхэр. Ди зэIущIэм и щхьэусыгъуэр мыхьэнэшхуэ зиIэщ, — ипэжыпIэкIэ унагъуэрщ нэхъыщхьэр. Пэжщ, гугъуехьхэри куэдщ, ауэ а псори къызэнэкIыфынырщ, гъащIэ къозыта цIыхубзым пщIэ хуэщIынырщ зэIузэпэщыгъэм и лъабжьэр. ЦIыхубзырщ унагъуэр зыхуэдэнур нэхъыбэу зэлъытар. Ар пщIэ иIэу пхъумэфыныр уасэншэщ, — къыхигъэщащ Сэхъурокъуэ Хьэутий икIи пшыхь дахэм кърихьэлIа цIыхубзхэм насып, мамырыгъэ, гуапагъэ, зэгурыIуэныгъэ щытепщэ унагъуэ быдэ яIэмэ зэригуапэр яжриIащ.
Республикэм и уэрэджыIакIуэ, къэфакIуэ цIэрыIуэхэм, макъамэм дихьэх, куэдым фIыуэ ялъэгъуа ныбжьыщIэхэм пшыхьым кърихьэлIахэм я нэгу зрагъэужьащ.
УЭРДОКЪУЭ Женя.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28096.txt"
} |
НыбжьыщIэ къэс — гулъытэ хэха
КъБР-м и Правительствэм и унафэщIым и къуэдзэ Портэ Галинэ БалигъыпIэ имыувахэм я Iуэхухэмрэ абыхэм я хуитыныгъэр хъумэнымкIэ щыIэ комиссэм и зи чэзу зэIущIэ иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ. Абы щытепсэлъыхьащ сабийхэм я гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэр зыхуей хуэзэу къызэгъэпэщыным, зыгъэпсэхупIэхэр гъэхьэзырыным.
КъБР-м Лэжьыгъэмрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм зэригъэувам тету, апхуэдэ зыгъэпсэхупIэхэм псом япэу пщIэншэу ягъакIуэр гъащIэм щытыкIэ гугъу иригъэува, щIэгъэкъуэн хуэныкъуэ сабийхэрщ, къэралым гулъытэ щхьэхуэ зыхуищIыпхъэхэрщ.
ЗэIущIэр къыщызэIуихым, Портэ Галинэ жиIащ кърахьэжьа Iуэхум Iэпэдэгъэлэл хэмыту, жэуаплыныгъэшхуэ яхэлъу бгъэдыхьэн зэрыхуейр.
— Гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэр къэсащ, абы ирихьэлIэу дэ сабийхэм я нэгу зыщиужьын, я узыншагъэр щрагъэфIэкIуэн щIыпIэхэр зэпэщ тщIын хуейщ. Ди лэжьыгъэм мыхьэнэ зимыIэ зыри хэткъым, — жиIащ абы. Республикэм и къалэхэм, куейхэм щыIэ сабий зыгъэпсэхупIэхэм я Iуэху зыIутыр къищIэну зэрыхуейр къыхигъэщащ комиссэм и унафэщI Портэ Галинэ.
КъБР-м лэжьыгъэмрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Тюбеев Альберт псалъэ ирата нэужь, и гугъу ищIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым ит сабий зыгъэпсэхупIэхэмрэ ахэр нобэкIэ зэрыхьэзырымрэ. Тюбеевым къызэригъэлъэгъуамкIэ, ди республикэм сабий зыгъэпсэхупIэ 48-м нэблагъэ щыIэщ, ауэ абыхэм ящыщ куэдыр арэзы укъащIу зэпэщакъым. Дзыхь пщIыуэ сабий здэбгъакIуэ мыхъунухэми, бзыщIа хэмылъу, я гугъу ищIащ министрым.
Хьэл гугъу зиIэ сабийхэм я зыгъэпсэхугъуэ зэманыр къызэрызэрагъэпэщынум и гугъу щащIым, къыхагъэщащ абыхэм гулъытэ щхьэхуэ яхуэщIыпхъэу зэрыщытыр.
— ГъащIэм щытыкIэ гугъу иригъэува ныбжьыщIэхэр, псом хуэмыдэу, дэIэпыкъуэгъу, чэнджэщэгъу хуэныкъуэщ. Пщэдейм и лъабжьэр нобэ дывгъэгъэтIылъ. Сабий къэс бгъэдыхьэкIэ зырыз къахуэдвгъэлъыхъуэ, — захуигъэзащ къызэхуэсахэм Портэм.
Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэм къызэригъэлъэгъуамкIэ, нобэкIэ сабий 318-рэ учетым щытщ. Абыхэм я зэманыр пщIэншэу ямыгъэкIуэдын папщIэ, сэбэпынагъ зыпылъ Iуэхухэр ирагъэлэжьыну я мурадщ.
ЗэIущIэм къыщыхагъэщащ КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм и чэнджэщкIэ, зэфIэкI зыбгъэдэлъу къалъытэ сабийхэм я зыгъэпсэхугъуэ зэманри дахэу къызэрагъэпэщыну зэрамурадыр.
КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымрэ курортхэмкIэ и министрым и къуэдзэ Гаевэ Аленэ и гугъу ищIащ сабий зыгъэпсэхупIэхэм къабзэлъабзагъэкIэ я Iуэху зытетым.
КъыкIэлъыкIуэу къызэхуэсахэр тепсэлъыхьащ БалигъыпIэ имыувахэм я Iуэхухэмрэ абыхэм я хуитыныгъэр хъумэнымкIэ щыIэ правительствэ комиссэм 2013 гъэм мазаем и 27-м къищта унафэхэр гъэзэщIа зэрыхъум.
ЗэIущIэм кърихьэлIахэм унафэ ящIащ КъБР-м Лэжьыгъэмрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм федеральнэ мылъкум къыхэкIыу къыхуаутIыпщ ахъшэмкIэ щытыкIэ гугъу ит сабийхэм ящыщхэм гъэмахуэм зрагъэгъэпсэхуну. КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэмрэ хабзэр къызэпызыудхэм якIэлъыплъ IуэхущIапIэхэмрэ зэгъусэу къызэрагъэпэщынущ лагерхэм щыIэну вожатэхэр щрагъаджэ дерсхэр.
Апхуэдэуи Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ, Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ, ЩэнхабзэмкIэ, ЦIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ министерствэхэмрэ БалигъыпIэ имыувахэм я Iуэхухэмрэ абыхэм я хуитыныгъэр хъумэнымкIэ щыIэ правительствэ комиссэмрэ гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэм сабийхэм я хуитыныгъэм щагъэгъуазэу, хабзэкъутэ Iуэхухэм къашэнкIэ хъунур къыгурагъаIуэу, ахэр къэмыгъэхъун, гъащIэ узыншэм и телъхьэу псэун папщIэ Iуэху щхьэпэхэр ирагъэкIуэкIыну яубзыхуащ.
Щомахуэ Залинэ.
Сурэтхэр Холлаевэ Любэ трихащ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28104.txt"
} |
Нобэ
1431 гъэм Руан къалэм и утышхуэм щагъэсащ Франджым щыщ бзылъхугъэ хахуэ, инджылызхэмрэ франджыхэмрэ ирагъэкIуэкIа Илъэсищэ зауэм дзэзешэ Iэзэу зыкъыщызыгъэлъэгъуа Жаннэ д“Арк.
КъБР-м и цIыхубэ артист, пшынауэ Iэзэ Сэхъу Хьэсэн и ныбжьыр илъэс 61-рэ ирокъу.
Телережиссер, гъуазджэ щIэныгъэхэм я кандидат, УФ-м и Артиадэм и лауреат Сэралъп Самарэ къыщалъхуа махуэщ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 24 – 25-рэ, жэщым градус 16 — 19 щыхъунущ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28108.txt"
} |
ЩIэблэр егъэджэным хухах ахъшэр псыхэкIуадэ хъунукъым
КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен Правительствэм и Унэм щахуэзащ республикэм и экономикэм папщIэ лэжьакIуэхэр гъэхьэзырынымкIэ программэм тету нэгъуэщI къэралхэм щыIэ бизнес школ нэхъыфIхэр къэзыухахэм. Ар щIэупщIащ еджэныгъэр зэрекIуэкIам, нэгъуэщI къэралхэм IэщIагъэ зэрыщрагъэгъуэт щIыкIэм, апхуэдэу зыхурагъэджахэм щыщу иджыпсту щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ республикэм къыщагъэсэбэпыфынухэм.
Къызэхуэсахэм жаIащ Европэм и еджапIэ центр нэхъыфIхэм я щIэныгъэм зэрыщыхагъэхъуар абыхэм я дежкIэ икъукIэ зэрысэбэпыр. Бизнес еджапIэхэм щагъуэта щIэныгъэр абыхэм къагъэсэбэпыфынущ зыпэрыувэжыну IэнатIэхэм зегъэужьыным, абыхэм щыIэ гугъуехьхэр дэгъэкIыным хуэунэтIауэ. НэгъуэщI къэралхэм щеджахэм яхэтщ иджыпсту бизнес проект пыухыкIахэр гъэзэщIэным елэжьхэри, IуэхущIапIэ щхьэхуэхэм къулыкъу лъагэхэр щызыIыгъхэри. Къапщтэмэ, Бекъул Юлие Швейцарием щызригъэгъуэтащ хьэщIэщхэр гъэлэжьэнымкIэ бизнесыр къызэрызэрагъэпэщым теухуа щIэныгъэ. Иджыпсту ар республикэм и хьэщIэщ комплекс нэхъыфI дыдэхэм ящыщ зым — «Синдика» хьэщIэщым и генеральнэ директорым и къуэдзэщ. Хъыджэбзым а лэжьыгъэр икъукIэ фIэгъэщIэгъуэнщ. «Мыр сэ сыхьэт бжыгъэ пыухыкIа щызгъакIуэ IэнатIэу аракъым. Си лэжьыгъэр зытеухуар ди республикэм къакIуэ хьэщIэхэр я унэ исыжым хуэдэу гъэтыншынырщ, абы къыхэкIыу сызыхурагъэджа псори къэзгъэсэбэпыну Iэмал псори сиIэщ», — жеIэ Юлие.
Псоми зэрытщIэжщи, Къанокъуэ Арсен и жэрдэмкIэ ди республикэр IэщIагъэлIхэр иригъэджэн папщIэ нэгъуэщI къэралхэм япэу зыгъакIуэу щIэзыдза щIыналъэхэм ящыщщ. Нобэм къэскIэ Европэм и бизнес школ лъэщхэр къаухащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ IэщIагъэлIу 120-м щIигъум.
Къанокъуэ Арсен къызэрилъытэмкIэ, егъэджэныгъэм хухах ахъшэр зэи пщIэншэу кIуэдынукъым.
КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я
пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28110.txt"
} |
КъБР-м и ТВ-мрэ радиомрэ нэтынхэр
1 КъБР
«Мир» канал
Блыщхьэ, мэкъуауэгъуэм и 3
7.00 Мультфильм (6+)
7.20 «Тхьэм и унэм ухуэзышэ гъуэгу» (12+)
7.40 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр»
8.15 «Iущыгъэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (6+)
8.35 «ЩIэныгъэлI». ЩIэныгъэлI-кавказыдж Турчанинов Георгий (адыгэбзэкIэ) (12+)
9.10 «49-нэ каналым и пощт» (12+)
18.00 Мультфильм
18.15 Адыгэ Республикэм и «Ислъэмей» къэфакIуэ гупым и концерт. ПэщIэдзэр (12+)
19.30 Мультфильм
19.40 «ЛIыхъужьхэр зэи тщыгъупщэнукъым». Абхъаз Республикэм къикIахэр КъБР-м зэрыщыIар (16+)
20.25 «И дуней». Мокаевэ Зулейхъэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
20.45 «Сурэтхэм къаIуатэ» (12+)
20.55 «Зи мурадхэм хунэмыса». УсакIуэ Къармэ Iэуес (адыгэбзэкIэ) (12+)
21.10 «Нэхъ лъапIэ дыдэр» (12+)
21.40 ХъыбарыщIэхэр
Гъубж, мэкъуауэгъуэм и 4
7.00 Мультфильм
7.10 «Мамырыгъэр уи унагъуэм илъыну». Кулиев къеджэныгъэхэр (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
7.40 ХъыбарыщIэхэр
8.00 «Гъунапкъэхэр». Тележурнал (балъкъэрыбзэкIэ) (16+)
8.30 «ФIым хуэлэжьэн». КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Кулиевэ Элизэт (16+)
8.55 «Ди псэлъэгъухэр». КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист Уэрыш Нурхьэлий (адыгэбзэкIэ) (16+)
9.25 «Гъуазджэм и бзэкIэ». СурэтыщI Индрис Залымхъан (адыгэбзэкIэ) (12+)
9.40 «Къуршхэмрэ цIыхухэмрэ». Композитор Даур Аслъэн и симфоние теплъэгъуэхэр (16+)
18.00 Мультфильм
18.15 Адыгэ Республикэм и «Ислъэмей» къэфакIуэ гупым и концерт. КIэухыр (12+)
19.30 Мультфильм
19.40 «Тайм-аут». Спорт тележурнал (12+)
20.00 «Зыхуэбгъадэ хъун щыIакъым». КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ Кулиев Къайсын и фэеплъу (I2+)
20.30 «Зэчиймрэ IэпщIэлъапщIагъэмрэ» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
21.00 «Уэрэдыр фэеплъ мыкIуэдыжщ». УсакIуэ-уэрэдус Уэдыжь Хъусен (адыгэбзэкIэ) (12+)
21.40 ХъыбарыщIэхэр
Бэрэжьей, мэкъуауэгъуэм и 5
7.00 Мультфильм
7.20 «Тайм-аут». Спорт тележурнал (12+)
7.40 ХъыбарыщIэхэр
7.55 «Ретроспектива». «Встреча с Эльбрусом». Телевизионнэ фильм (12+)
8.10 «ЦIыху». ТхакIуэ, драматург Аппаев Билал (балъкъэрыбзэкIэ)
8.40 «Дахагъэм хуигъасэу». Къып Мухьэмэд и цIэр зезыхьэ художественнэ еджапIэр (адыгэбзэкIэ) (12+)
9.05 Классикэ макъамэм и концерт. ПэщIэдзэр
18.00 Мультфильм
18.20 «Псыпэхэш». Адыгэ джэгуакIуэ Сыжажэ Къылъшыкъуэ къызэралъхурэ илъэси 150-рэ ирокъу (адыгэбзэкIэ) (12+)
19.30 Мультфильм
19.50 «Зи чэзу Iуэхум теухуауэ». КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и УнафэщIым и къуэдзэ Федченкэ Людмилэ (16+)
20.20 «Бэрэжьей пщыхьэщхьэм Баразбиев Исмэхьил дригъусэу» (балъкъэрыбзэкIэ) (16+)
20.50 «ДжэгуакIуэ». IутIыж Борис и цIэр зезыхьэ сабий цIыхубэ театр (адыгэбзэкIэ) (12+)
21.30 «Зи чэзу псалъэмакъ»
21.40 ХъыбарыщIэхэр
Махуэку, мэкъуауэгъуэм и 6
7.00 Мультфильм
7.10 «КъегъэлакIуэм и тхыгъэхэр». УФ-м щIыхь зиIэ и къегъэлакIуэ Клестов Виталий (16+)
7.40 ХъыбарыщIэхэр
8.00 «Бэрэжьей пщыхьэщхьэм Баразбиев Исмэхьил дригъусэу» (балъкъэрыбзэкIэ) (16+)
8.30 «ФIым телэжьэн». УФ-м щIыхь зиIэ и артист ЖьакIэмыхъу КIунэ (адыгэбзэкIэ) (12+)
9.05 «Ретроспектива». «Песня табунщика». Телевизионнэ фильм (12+)
9.15 Классикэ макъамэм и концерт. КIэухыр
18.00 «ЕхъулIэныгъэм и пин-код». Дунейпсо зэпеуэхэм щытекIуа Шахгалдян Карен (скрипкэ) (12+)
18.35 «Чемпионхэр». СССР-м боксымкIэ спортым и мастер Алий Сулейман (12+)
19.30 «Мыхъур». Тележурнал (12+)
20.00 «Ууаз» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
20.30 «Уэрэдыр фэеплъ мыкIуэдыжщ». КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Пщыгъуэш Юрэ и фэеплъу (адыгэбзэкIэ) (12+)
21.10 «КъэкIуэнур нобэм пыщIащ». Тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор Дзэмыхь Къасболэт (12+)
21.40 ХъыбарыщIэхэр
Мэрем, мэкъуауэгъуэм и 7
7.00 Мультфильм (6+)
7.15 «Автограф». КъБР-м и Парламентым и ЩIалэгъуалэ палатэм и унафэщI Джаппуев Мусэ (16+)
7.40 ХъыбарыщIэхэр
8.00 «Ди хьэщIэхэр». КъШР-м и цIыхубэ усакIуэ Узденов Альберт (балъкъэрыбзэкIэ) (16+)
8.55 «Нобэ, пщэдей…». Иджырей адыгэ литературэ (адыгэбзэкIэ) (16+)
9.30 ЩоджэнцIыкIу Алий. «Усэхэр зэрыт тетрадь» (адыгэбзэкIэ)
9.40 «Дыщэ пхъуантэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (6+)
18.00 Мультфильм
18.30 «Сэ фIыуэ слъагъу уэрэд». Концерт (балъкъэрыбзэкIэ) (16+)
19.30 «Жашауум, жырым да сизге!..». КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ Зумакуловэ Танзиля Тырныауз къалэм дэсхэм зэраIущIар (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
20.00 «Пшынэ Iэпэр псалъэу». Пшынауэ Гуэнгъэпщ Артур и концерт. ПэщIэдзэр (адыгэбзэкIэ) (12+)
20.25 «Сабиигъуэм и хэщIапIэ». Бахъсэн къалэ дэт курыт еджапIэ №4 (адыгэбзэкIэ) (12+)
20.55 «49-нэ каналым и пощт» (12+)
21.40 ХъыбарыщIэхэр
Щэбэт, мэкъуауэгъуэм и 8
7.00 Мультфильм (6+)
7.10 «Зэманым екIуу» (16+)
7.40 ХъыбарыщIэхэр
7.55 «Ретроспектива». «Чегем». Телевизионнэ фильм (12+)
8.10 «Альпинист». Бгым дэкIынымкIэ спортым и мастер Мурзаев Юсуп (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
8.40 «КъэкIуэнур зейхэр». Химие щIэныгъэхэм я доктор Хьэшыр Светланэ (адыгэбзэкIэ) (16+)
9.10 «49-нэ каналым и пощт» (12+)
18.00 Мультфильм
18.15 «Седьмая скорость». Автомобилистхэм папщIэ тележурнал (16+)
18.35 «Iущыгъэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (6+)
18.55 «КъежьапIэ». УсакIуэ Додуев Аскэр и творчествэм теухуауэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
19.15 «Ыйыкъ». ХъыбарыщIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ)
19.35 «ЩIэныгъэр — гъуазэщ». Мечиев Кязим и цIэр зезыхьэ НыбжьыщIэ библиотекэр (адыгэбзэкIэ) (12+)
20.00 «Пшынэ Iэпэр псалъэу». Пшынауэ Гуэнгъэпщ Артур и концерт. КIэухыр (адыгэбзэкIэ) (12+)
20.25 «Республикэм щыхъыбархэр». ХъыбарыщIэхэр (адыгэбзэкIэ)
20.40 «Шемякин и гъатхэ». Шемякин (Къардэн) Михаил къызэралъхурэ илъэс 70 щрикъум и щIыхькIэ къызэрагъэпэща сабий фестиваль (12+)
21.00 «49-нэ каналым и пощт» (12+)
Тхьэмахуэ, мэкъуауэгъуэм и 9
7.00 Мультфильм (6+)
7.25 «Сэлам алейкум, Музэфар!» Композитор, журналист Этчеев Музэфар (балъкъэрыбзэкIэ) (16+)
8.05 «Ыйыкъ». ХъыбарыщIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ)
8.20 «Унэ цIыкIу». «Теремок» урыс цIыхубэ таурыхъым къытращIыкIа постановкэ (адыгэбзэкIэ) (6+)
8.55 «Республикэм щыхъыбархэр». ХъыбарыщIэхэр (адыгэбзэкIэ)
9.10 «49-нэ каналым и пощт». (12+)
18.00 «Чемпионхэр». СССР-м стIолыщхьэ теннисымкIэ спортым и мастер Батыр ФатIимэ (12+)
18.25 «Юбилей». Налшык къалэ дэт Къэзанокъуэ Жэбагъы и цIэр зезыхьэ центрыр (адыгэбзэкIэ) (12+)
19.10 «Зэчиймрэ IэпщIэлъапщIагъэмрэ» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
19.45 «Дыщэ пхъуантэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (6+)
20.10 «КъэфакIуэ». КъБАССР-м уэрэдымрэ къафэмкIэ къэрал ансамблым и япэ солисткэ Къэнэмэт Марие (адыгэбзэкIэ) (12+)
20.40 «49-нэ каналым и пощт» (12+)
21.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр»
«Къэбэрдей-Балъкъэр» ГТРК-м и ТВ
Блыщхьэ, мэкъуауэгъуэм и 3
7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр
11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ)
14.30, 17.10, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр
18.30 «Хамэ сабий щыIэкъым» программэр
Гъубж, мэкъуауэгъуэм и 4
7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр
9.00 «Пшынауэ удж». Концерт (адыгэбзэкIэ)
11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ)
11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ)
14.30, 17.10, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр
18.30 «Зэманым и лъэужь» программэр
Бэрэжьей, мэкъуауэгъуэм и 5
7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр
11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ)
11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ)
14.30, 17.10, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр
18.30 «Минхэм я бэуэкIэ — зы макъ». Тыркубзэм ирипсалъэхэм я дунейпсо фестивалу Конье къалэм щекIуэкIар (балъкъэрыбзэкIэ)
19.10 «ГъащIэр лъагъуныгъэм хуэдэу». КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Мухьэмэд
Махуэку, мэкъуауэгъуэм и 6
7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр
9.00 «Нобэ япщэфIахэр»
9.30 «Шамкъыз». Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Чигировэ Шамкъыз (балъкъэрыбзэкIэ)
11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ)
11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ)
14.30, 17.10, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр
18.30 «Дыгъуасэ, нобэ, пщэдей…» программэр (адыгэбзэкIэ)
Мэрем, мэкъуауэгъуэм и 7
7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр.
11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ)
11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ)
14.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр
17.10 ЩIыпIэ зэман. Кавказ Ищхъэрэм щыхъыбархэр
18.30 «ВОЯЖ» программэр
Щэбэт, мэкъуауэгъуэм и 8
8.10, 11.10, 14.20 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр
10.05 «Нобэ япщэфIахэр»
10.35 Социальнэ лэжьакIуэм и махуэ. «Лъагъуныгъэрэ гуапагъэкIэ гъэнщIауэ»
Тхьэмахуэ, мэкъуауэгъуэм и 9
10.20 ЩIыпIэ зэман. «Тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр»
14.20 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр
«Къэбэрдей-Балъкъэр» ГТРК-м радио
Блыщхьэ, мэкъуауэгъуэм и 3
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ):
7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10
7.25 — 7.45 КъардэнгъущI Зырамыку «Уэрэдымрэ абы и тхыдэмрэ». Япэ Iыхьэ (адыгэбзэкIэ).
7.45 — 8.00 Усыгъэм и дакъикъэхэр. Отаров Керим.
10.15 — 10.30 «Анэм хухах мылъкум мыхьэнэшхуэ иIэщ».
13.25 — 13.45 «Iуэху куэд щызэфIагъэкI блыщхьэ».
13.45 — 14.00 Емыж Нурбий уэрэд жеIэ (адыгэбзэкIэ).
Гъубж, мэкъуауэгъуэм и 4
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ):
7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10
7.25 — 7.45 КъардэнгъущI Зырамыку «Уэрэдымрэ абы и тхыдэмрэ». ЕтIуанэ Iыхьэ (адыгэбзэкIэ).
7.45 — 8.00 Кулиев Къайсын «ЯуIа мывэ» (балъкъэрыбзэкIэ).
10.15 — 10.30 Бахъуэ БетIал. «ГъащIэм ущегупсыскIэ» поэмэр (адыгэбзэкIэ).
13.25 — 14.00 «Дунейм гуапэу фыхэплъэ» радиокомпозицэ.
Бэрэжьей, мэкъуауэгъуэм и 5
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ):
7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10
7.25 — 7.45 Концерт (адыгэбзэкIэ).
7.45 — 8.00 Кулиев Къайсын. «Бжьамий телъыджэ» (балъкъэрыбзэкIэ).
10.15 — 10.30 Кульбаевэ Людмилэ уэрэд жеIэ (балъкъэрыбзэкIэ).
13.25 — 13.45 «Зи чэзу Iуэхум теухуауэ».
13.45 — 14.00 Мыкъуэжь Анатолэ. «Усыгъэм и дакъикъэхэр» (адыгэбзэкIэ).
Махуэку, мэкъуауэгъуэм и 6
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ):
10.00, 13.10, 16.10, 18.10
7.10 — 8.00 «Жьырытэдж». Нэгузегъэужь нэтын.
10.15 — 10.30 Рахаев А. «Ди къалэм и хъыджэбзхэр». Концерт.
13.25 — 13.45 «Спорт хъыбархэр».
13.45 — 14.00 «Асал» (балъкъэрыбзэкIэ).
Мэрем, мэкъуауэгъуэм и 7
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ):
7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10
7.25 — 8.00 «Жьырытэдж» (адыгэбзэкIэ).
10.15 — 10.30 Даур Иринэ. Концерт «ФIыуэ фызэрыслъагъум и щыхьэту» (адыгэбзэкIэ).
13.25 — 13.45 «Ууаз». Диным теухуа нэтын (балъкъэрыбзэкIэ).
13.45 — 14.00 «Инджылызыбзэр Джэдгъэф Маринэ и гъусэу зыдогъащIэ».
Щэбэт, мэкъуауэгъуэм и 8
10.10 — 11.00 «Кавказ пшэплъхэр».
12.10 «КъБР: махуэр махуэм кIэлъыкIуэу». ХъыбарыщIэхэр (адыгэбзэкIэ).
12.25 «КъБР: махуэр махуэм кIэлъыкIуэу». ХъыбарыщIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ).
12.40 — 13.00 ЦIыхубэ таурыхъ. «Къарэбатыр» (адыгэбзэкIэ).
Тхьэмахуэ, мэкъуауэгъуэм и 9
10.10 «КъБР: махуэр махуэм кIэлъыкIуэу». ХъыбарыщIэхэр.
10.25 — 11 00 Къэрмокъуэ Мухьэмэд. «Ядыгъуар къэбдыгъужмэ» (адыгэбзэ-кIэ).
12.10 — 13.00 Театрыр микрофоным Iутщ. Мольер Ж. «Сымаджэ фэрыщI» (балъкъэрыбзэкIэ).
КъБР-м и радио
Блыщхьэ, мэкъуауэгъуэм и 3
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ):
7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 15.00, 16.00, 17.00, 18.00
7.15/13.05 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ).
7.45/14.50 «Жаншэрхъ» Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ).
8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ).
8.20/16.32 «ЩIэныгъэм я дунейм — зыплъыхьакIуэ» (балъкъэрыбзэкIэ).
8.40/14.35 «Лэгъупыкъу». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ).
9.00/18.05 «Зэпсэлъэгъухэр» (урысыбзэкIэ).
9.25/18.30 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ).
10.05 «Утыку» (адыгэбзэкIэ).
10.25/16.05 «Макъамэ яхъумахэр» (адыгэбзэкIэ).
11.05/17.05 «Зэныбжьэгъухэм я гушыIэкIэр» (балъкъэрыбзэкIэ).
11.25/17.25 «Уэрэдыр тыгъэ фхузощI» (балъкъэрыбзэкIэ).
11.48/17.48 «Гюрен». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ).
12.05/15.35 «Дуней тетыкIэ» (урысыбзэкIэ).
12.25/15.05 «КъехьэкI-нехьэкI зыхэмылъ псалъэмакъ» (урысыбзэкIэ).
14.05/14.35 «Дыхьэшхэным и хъуреягъкIэ» (адыгэбзэкIэ).
Гъубж, мэкъуауэгъуэм и 4
7.45/14.45 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ).
8.20/16.30 «Ди хъугъуэфIыгъуэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ).
9.00/18.05 «Зэманыр, къэхъукъащIэхэр, Iуэху еплъыкIэхэр» (урысыбзэкIэ).
9.20/18.25 «Гукъыдэж» (урысыбзэкIэ).
10.05 «Адыгэхэр: тхыдэр, хабзэр» (адыгэбзэкIэ).
10.50/15.50 «Зэхэфха? Флъэгъуа?» (адыгэбзэкIэ).
11.05/17.30 «Балъкъэр цIыхубэ уэрэдхэр» (балъкъэрыбзэкIэ).
11.30/17.05 «Школ Iуэхухэр» (балъкъэрыбзэкIэ).
12.05/15.30 «Классикэ макъамэм и концерт» (урысыбзэкIэ).
12.25/15.05 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ).
12.45/14.30 «Зи чэзу Iуэхум теухуауэ» (адыгэбзэкIэ).
14.05/16.35 «Макъамэ калейдоскоп» (адыгэбзэкIэ).
Бэрэжьей, мэкъуауэгъуэм и 5
7.45/14.50 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ).
8.20/17.05 «Къонгуроучукъ». Сабийхэм папщIэ (балъкъэрыбзэкIэ).
8.45/16.50 «Гюрен». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ).
9.00/18.05 «Зи чэзу Iуэхум теухуауэ» (урысыбзэкIэ).
9.25/18.25 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ).
10.05/16.05 «ЩIымрэ абы щыпсэу цIыхумрэ» (адыгэбзэкIэ).
10.25/16.20 Концерт (адыгэбзэкIэ).
11.05/11.22 «Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ).
11.30/17.30 «Сэлам алейкум» (балъкъэрыбзэкIэ).
12.05/15.05 «Гъуазджэм и щIыналъэ» (урысыбзэкIэ).
12.40/15.40 «Гукъыдэж» (урысыбзэкIэ).
14.05/14.50 «Уэрэдыр и Iэпэгъуу» (адыгэбзэкIэ).
Махуэку, мэкъуауэгъуэм и 6
7.45/18.43 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ).
8.20/17.05 «Дэ къытхуэнар» (балъкъэрыбзэкIэ).
9.00/18.05 «Нэхъыщхьэм теухуауэ кIэщIу» (урысыбзэкIэ).
9.20/15.25 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ).
9.30/15.45 «Псэм и макъамэ» (урысыбзэкIэ).
9.42/15.35 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ).
10.05/16.05 «Динымрэ гъащIэмрэ» (адыгэбзэкIэ).
10.20/16.20 «Уэрэдыжьхэр» (адыгэбзэкIэ).
10.45/16.45 «ДунейгъафIэ». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ).
11.05/14.05 «Лэгъупыкъу» (балъкъэрыбзэкIэ).
11.30/17.35«Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ).
12.05/15.05 Макъамэхэр (урысыбзэкIэ).
12.30/18.20 «Дуней тетыкIэ» (урысыбзэкIэ).
14.05/15.00 «Пшыналъэ». Нэгузегъэужь нэтын (адыгэбзэкIэ).
Мэрем, мэкъуауэгъуэм и 7
7.45/18.39 «Щэнхабзэм теухуауэ» (адыгэбзэкIэ).
8.20/17.30 «Дыщэ пхъуантэ цIыкIу» (балъкъэрыбзэкIэ).
8.35/14.05 «Уэсылъэ къуршхэм я макъамэ» (балъкъэрыбзэкIэ).
9.00/18.05 «ГъащIэ упщIэ» (урысыбзэкIэ).
9.25/15.35 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ).
10.05 «Эфирыр псоми папщIэ» (адыгэбзэкIэ).
10.25 «ФIыуэ тлъагъу макъамэхэр» (адыгэбзэкIэ).
10.45/16.05 «Таурхъан». Сабийхэм папщIэ таурыхъхэр (адыгэбзэкIэ).
11.05/13.50 «Гуапагъэмрэ уахътыншагъэмрэ ятеухуауэ» (балъкъэрыбзэкIэ).
11.20/17.05 «Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ).
12.05/15.05 «Гъуазджэм и щIыналъэ» (урысыбзэкIэ).
12.35/18.20 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ).
12.44/18.29 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ).
14.30/16.25 «Ди гъусэу зывгъэпсэху» (адыгэбзэкIэ).
Щэбэт, мэкъуауэгъуэм и 8
7.00/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ).
7.38/13.38 «ЛIэщIыгъуэр лIэщIыгъуэм кIэлъыкIуэу» (адыгэбзэкIэ).
8.00/15.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ).
8.25/15.25 «Илъхьэм» (балъкъэрыбзэкIэ).
9.00/18.00 «Я гулъытэ нэхъыщхьэр зыхуэгъэзар» (урысыбзэкIэ).
9.25/18.25 Концерт (урысыбзэкIэ).
9.45/18.45 «Усыгъэм и сатыр мыкIуэдыжынухэр…» (урысыбзэкIэ).
10.00/10.30 «Дэрэжэгъуэ». Нэгузегъэужь нэтын (адыгэбзэкIэ).
10.50/14.50 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ).
11.00/16.00 «Зэныбжьэгъухэм я гушыIэкIэр» (балъкъэрыбзэкIэ).
11.21/16.21 «Топалайчыкъ». Сабийхэм папщIэ (балъкъэрыбзэкIэ).
11.30/16.30 «Iуащхьэмахуэ и щыгум щыIу уэрэдхэр» (балъкъэрыбзэкIэ).
12.00/17.00 «Гукъыдэж» (урысыбзэкIэ).
12.44/17.44 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ).
14.00/14.50 «Радиотеатр» (адыгэбзэкIэ).
Тхьэмахуэ, мэкъуауэгъуэм и 9
«ХъыбарыщIэхэр». Тхьэмахуэм къэхъуахэр (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ):
8.00, 10.00, 12.00, 14.00, 15.00, 17.00
7.00/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ).
7.40/14.40 «Лъэпкъ прозэм и напэкIуэцIхэр» (адыгэбзэкIэ).
8.10/15.10 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ).
8.40/15.40 «Гюрен». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ).
9.00/18.00 «Iуэху нэхъыщхьэм теухуауэ» (урысыбзэкIэ).
9.30/18.30 «Дыщыпсэу дунейм» (урысыбзэкIэ).
9.40/18.40 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ).
10.10/14.10 «Ди зэIущIапIэм» (адыгэбзэкIэ).
10.40/10.58 «Зыгъэпсэхугъуэхэр, зыгъэпсэхугъуэхэр…» (адыгэбзэкIэ).
11.00/16.00 «Ди хъугъуэфIыгъуэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ).
12.10/17.10 «Театрыр микрофоным Iутщ» (урысыбзэкIэ).
13.35/14.00 «Уэрэд, къызэрыфэ пшыналъэ цIэрыIуэхэр» (адыгэбзэкIэ).
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28119.txt"
} |
Гъэ къэс къытIуощIэ гъатхэр
Балъкъэр усакIуэ цIэрыIуэ Гуртуев Сэлихь и ныбжьыр илъэс 75-рэ ирокъу
ЛIэщIыгъуэ ныкъуэм щIигъуауэ балъкъэр литературэм нэхъ жыджэр дыдэу хуэлажьэхэм ящыщщ усакIуэ, журналист, публицист Гуртуев Сэлихь. Ар 1938 гъэм Белэ Речкэ къуажэм къыщалъхуащ. И адэ СулътIанбэч Хэку зауэшхуэм хэкIуэда иужькIи, къытепсыха гузэвэгъуэр иухатэкъым: сабиитI зыпI фызабэ тхьэмыщкIэми къылъэIэсащ къэралым щызекIуэ хабзэншагъэм и Iэ щIыIэр. Гуртуевхэ я унагъуэри къыщыхутащ лъахэр зрагъэбгына балъкъэр лъэпкъыр зэрыщыту здаша щIыналъэ жыжьэм. Сэлихь и сабиигъуэр щигъэкIуащ Къыргъызым, курыт школыр къыщиухари лэжьэн щыщIидзари а щIыпIэращ.
Илъэс 13-кIэ хьэзабышхуэм хагъэта балъкъэр лъэпкъым 1957 гъэм и лъахэм къигъэзэжащ. 1963 гъэм КъБКъУ-р къэзыуха Сэлихь журналисту куэдрэ лэжьащ, къулыкъу IэнатIэшхуэхэри зэрихьащ. Ауэ, дэнэ щыIами, литературэм пасэу дихьэха щIалэм усэнри IэщIыб ищIакъым. Абы и япэ усэ тхылъыр («Пщэдджыжь») 1961 гъэм дунейм къытехьащ.
Гуртуев Сэлихь балъкъэр литературэм зезыгъэужьынухэм, абы псалъэщIэ щыжызыIэнухэм зэращыщым занщIэу гу лъатащ тхакIуэ нэхъыжьхэми, критикхэми, тхылъеджэхэми. «Усыгъэм и къалэным хуэпэжу къэплъытэ хъунур гумызагъэ, псэ къабзэ зиIэращ. Сэлихь апхуэдэ усакIуэу зэрыщытым щыхьэт тохъуэ абы и тхылъхэр. ЦIыхум и псэм и щытыкIэр, и лэжьэкIэр къэгъэлъэгъуэным гу къабзэкIэ, пэжыгъэшхуэкIэ бгъэдэтщ Гуртуевыр… Сэлихь и дэтхэнэ зы тхылъри ещхьщ хуабагъкIи, макъамэ зэмыфэгъухэмкIи гъэнщIауэ гъэ къэс къытIущIэ гъатхэм и щIэщыгъуагъым», — итхыгъащ дуней псом щыцIэрыIуэ балъкъэр усакIуэшхуэ Кулиев Къайсын.
Апхуэдэ псалъэ гуапэ куэд къылъысащ лъэпкъ щэнхабзэм, литературэм хуэлажьэ, зи къалэмыпэм къыщIэкIа усыгъэхэр щызэхуэхьэсауэ анэдэлъхубзэкIи урысыбзэкIи тхылъ куэд къыдэзыгъэкIа Гуртуев Сэлихь. Ар икIи зэдзэкIакIуэ IэкIуэлъакIуэщ. Абы балъкъэрыбзэм иригъэзэгъащ Пушкин Александр, Лермонтов Михаил, Хетагуров Коста, Есенин Сергей, Гамзатов Расул, КIыщокъуэ Алим, нэгъуэщIхэми я усыгъэ нэхъыфIхэр. Лэжьыгъэшхуэ ирихьэлIащ, зэман кIыхьи тригъэкIуэдащ Руставели Шота «Къаплъэныфэ зыщыгъ зекIуэлI» и поэмэ цIэрыIуэр зэридзэкIыным. Ар хъарзынэу къызэрехъулIар къигъэлъэгъуат Кулиев Къайсын. Дуней псом щыцIэрыIуэ а тхыгъэшхуэр балъкъэрыбзэкIэ тIэунейрэ къыдэкIауэ щытащ. А лэжьыгъэфIым папщIэ Гуртуев Сэлихь къыхуагъэфэщащ Куржы ССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и ЩIыхь тхылъыр.
Гуртуевым зэридзэкIащ адыгэ тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэм ящыщ куэди. Ахэр щызэхуэхьэсауэ балъкъэрыбзэкIэ тхылъышхуэ Налшык къыщыдэкIащ.
Зи ныбжьыр илъэс блыщIрэ тхурэ ирикъуа, 1968 гъэ лъандэрэ УФ-м и ТхакIуэхэм я союзым хэт, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, илъэс зыбжанэ хъуауэ «Минги Тау» журналым щылажьэ Гуртуев Сэлихь и творчествэм ехъулIэныгъэ инхэр къыщихьу, узыншагъэрэ дэрэжэгъуэрэ иIэу куэдрэ и лъэпкъым хуэлэжьэну дохъуэхъу. Фи пащхьэм идолъхьэ абы и усэхэм ящыщ зыбжанэ.
* * *
ПщIыхьэпIэм хэту, жэщкIэрэ ди адэ
Зауэшхуэм хэкIуэдахэр къытхуокIуэж.
Зэману сыт хуэдиз дэкIа алъандэм?
ИтIани мохэр щIалэу къытхохьэж.
Гуауэр сыт? ПщIыхьу фIэкIкIэ,
дэ нахуапIэу
Тлъагъужкъым ахэр. Сэ лIот
сызыхуейр?
Ди адэр си щхьэм Iэ къыдилъэу гуапэу
И шыплIэм сыдигъэсмэ, си дунейт.
Ауэ а си хъуэпсапIэ мащIэ тIэкIур
Зауэ мафIаем хисхьащ и лыгъейм.
И бынхэр, адэ-анэхэр, и Хэкур
Ихъумэн папщIэ гъуэгу техьа шууей
Си адэ щIалэм нэхърэ нэхъыжь
сыхъури,
Быни згъуэтащ, къуэрылъхуи сиIэ
хъуащ.
Ауэ пщIыхьэпIэхэм сыщыцIыкIущ
сыт щыгъуи —
А ныбжьым ситущ сядэр
щыслъэгъуар…
Тхьэ сыфхуолъэIу, си бынхэ, фэ си
махуэр
КъыфхуэмыкIуэну: пщIыхьу мыхъуу
нахуэу
Зыщхьэщытын фыхъуну фядэр. Ауэ, —
Нобэ сынасыпыфIэми, пщэдей, —
Тхьэм ар жимыIэкIэ, — къэхъу
хъужыкъуэм зауэ,
Сядэм ищIам нэхъ щапхъэфI сыхуэмей.
1944 гъэм и мартым и 8-р
ГуфIэгъуэ махуэм къыптепсыха гуауэр
Къыпщохъур гуауэу щыIэу хъуам я лей.
Уэс щIагъым ажэгъуэмэр къыщIэпщауэ
ЩхъуантIагъэ нуркIэ къагъэнэхут
дунейр.
Ауэ си лъэпкъым къытепсыха гуауэм
А махуэм дуней нэхур кIыфI дэхъуат.
Унэ уэнжакъ хьэдафэхэр мыбауэт.
Пшэ фIыцIэм уафи щIылъи зэщIищтат.
Гуауэр нэхъ хьэлъэ дыдэу
щызыхэпщIэр
Насып щIэхъуэпс псэм лей щытехьэм
дежщ.
Хэт и гугъэнт апхуэдэу зыIэзыбжьэу
Лъэпкъ псор дыхъуну зи дунейр
къутэж?
Хьэдэ изыхым хуэдэт унэ къэскIэ —
Аузхэр гъыбзэ макъхэм зэщIащтат.
Фызхэм, сабийхэм яуфат щIыр нэпскIэ.
ЛIыжьхэм я жьакIэ хужьхэр фIыцIэ
хъуат.
Лъэпкъ хейр лажьэншэу дагъэкIуэду
арти,
ЩIылъэм и гъыбзэм уэгури
дэнэщхъейт…
Сыт щIа алъандэм? Ауэ и 8-р мартым
Ди щыгъуэ махуэу гущIэм щыдогъей.
Пхъэ фалъэ
Мэлыхъуэ пщыIэ лэгъупэжь бгырысым
УкъыхибзыкIащ къолIэлIапэу пхъэм.
Иджы сыт щыгъуи, абы уригъусэу,
Уэри уитщ бгыхэм я щыгу,
уещхьу бгъэм.
Ерэныр пIэнкIыу зэрыт а пхъэ
фалъэр
СIэщIэту мэзхэм, бгыхэм соплъри, нэр
Топлъызэ слъагъухэм. Си щхьэ
гупсысалъэм
Хэплъэгъуэу щыхъэм ягъэпIейтей
лъыр:
Слъагъу сфIощI жьы фийхэр щытепщэ
пшахъуалъэ
ЩIыпIэу зэгуэр дэ лъэхъуэщ
тхуэхъугъар
А зэман бзаджэм щыгъуи уэ,
пхъэ фалъэ,
ДыщумыгъащIэу ерэн утщIыгъуащ.
Ди псэм телъ гуауэ фIыцIэм дуней
нэхур
ЩищIам кIыфI хэку дамыгъэм
упэтщIащ —
Бгырысхэм IитIкIэ ухуахьт
я жьакIэхум.
Тхьэм къыпхуищIэж уэ ахэм
яхуэпщIар…
ЙошкIурэх ПсыкIэху, мывэхэм
къадэфэу.
Жыг щхъуантIэ ныбжьхэм
зыхагъапскIэ псым.
Сщохъу псыуэ дунейм тетым я нэхъ
IэфIу,
Пхъэ фалъэкIэ ар щипфкIэ,
дыхьэу дзэм.
Хэку мывэр щхьэнтэм нэхърэ пщохъу
нэхъ щабэу.
Жэнэтым хэку щIыналъэр йодэхэкI.
Пхъэ фалъэ! ХьэщIэм ухуашийуэ
гуапэу
Тхьэм угъэнщIауэ ирыуигъэхьэкI.
Уи псэр къытхуолыд
КIыщокъуэ Алим хузотх
Гъищэхэр зи ныбжь жыгым и пхъэ
гъурыр
Илъщ хьэкуми — хуабэр цIыхухэм
къалъегъэс,
ЩIымахуэ жэщыр илъэс хуэдиз хъуми,
УпщIыIукъым унэр — нэху щыху
дэпхэр мэс.
… Зэхызох саур уанэм и щкъыщкъ
макъыр.
Сыту лIы екIуу, Алим, шыбгым уис!
ШхуэIум езауэу лъатэ уи шы къарэм
И лъэгум къыщIих хъуаскIэм удзыр ес.
Ей, адыгэш! Уэ узей адыгэлIым
Хуэдэр ныбжьэгъуу къэбгъуэтыныр
гугъущ.
Къалъхуащ ар лIыгъэр, усэр и лъым
хэлъу…
И гу хуабагъкIэ мафIэ бзийм и фэгъущ…
Ихуэнкъым гъэхэм я гъунапкъэ иным
ЩIыхь пылъу шум и гъуэгуу
уэ къэпкIуар.
Зигу пIыщIэ цIыхухэм ягухэр
гъэхуэбэныр
Арами ярейт укъызыхуалъхуар.
Иджы пщхьэщытщи гъэхэм ягъэу
Iугъуэр,
Хошыпсыхьыж ар уэгум ит пшэ
тхъуам…
Уэ Лермонтовым урисэлэт дэгъуэщ.
Сэ здэнтэм, Алим, уи сэлэт сыхъуам.
Си псэлъэгъухэр
1. Псынэм сопсалъэ
— Ущылъщ гууэщIуи, псынэ,
Ета зэпытщ уэгум уи нэр.
Сытщ жыпIа, абы иплъагъуэр?
— Вагъуэ жыжьэхэр солъагъур.
Сэ ахэр фIыуэ солъагъур.
ДэнэкIэ сыплъэми, си нэм
ЩIэтщ дыгъэр, мазэр, вагъуэр.
— Сыт атIэ зэрыгушхуэр уигу?
— СыщIэгушхуэнщ, псалъэм папщIэ,
ЗэIухащ си гур игъащIэм —
Сэ къысхуэныкъуэ псом папщIи.
СыкъызыщIэж бгыхэр зи бгъафэм
Псэуху, абыхэм сагъафIэу
Садэпсэунущ. Фоупсым
Сыхуэдэщ сэ — пцIы фхуэзупскъым.
Фыкъысхэф, кхъыIэ, фигу пэщыху.
ФызблэмыкI, сыволъэIу, зы цIыху.
Флъагъурэ сэ вагъуэ, пшэплъ
къысхэфхэр?
Сэ сиффмэ, ахэм я IэфIхэр
Фи псэхэм, фи лъым хыхьэнущ.
Фыхуеймэ арэзы сыфщIыну,
Фи Iэгу е Iупэ къысхэфщIэнщ сэ…
— Упсэу! Узахуэщ, псынэ цIыкIу —
Уэ къолъэпауэр хъункъым цIыху.
Ныпхузохьэхри си Iупэр
Уи фоупс IэфIым соIубыр.
Пэжщ жыпIэр: уэ пхэлъщ ди гъащIэр
КъыпщызыщI Iэджэ щIэращIэ.
Си псэри сипкъри жан пщIащи,
Сэри арт фIы гуэр пхуэсщIамэ…
— Сыщыпхъумэфмэ нэ фыгъуэ
ЗиIэм — сыхуейкъым нэхъ фIыгъуэ…
— Узахуэщ, псынэ! Псэ схэту
КъозгъэкIуэлIэнкъым апхуэдэ.
2. Къуршыпсым сопсалъэ
— Уи хъуаскIэ хужьхэр нэпкъым
къытелъалъэу
Ди къуршыпс уэр, уожэхыр
укъэкъуалъэу.
Зэ къэувыIи тIэкIу дызэгъэпсалъэ…
Уэ ежэхынырщ натIэ Тхьэм пхуищIар.
— Ар пэжщ. Ауэ си жэкIэмкIэ сыкъащIэ
СщIэфынкIэ хъунур
сыкъыщыгубжьам.
Уэр-щэ, хуэмыху?! Мис, убауэбапщэу
Ерагъыу укъыдэпщыфа къудейщ.
Уашхыну хьищэм укъахуа нэхъейщ.
Сэ-тIэ си жэкIи си фи зимыхъуэжу,
Сожэх IущIапIи мыви сфIэмыIуэхуу.
Сэтейм сынэсми, сожэх си псыгуэжхэм
Хашыжу щхьэж езым и лъагъуэ
щхьэхуэ…
Къыпщымыхъу си щхьэ сыщытхъужу.
Ауэ
Си къалэн сощIэ… Фэраи жызыIар
Псыр псэхэлъхьэжу. Ар схузэфIэкIауэ
Слъагъун фIэкI зэи хъуэпсапIэ
симыIа…
Сожэх сэ. Уэ, мис, бгым укъыдэкIауэ
Си жагъуэ къэпщIу
укъызохъурджауэ…
— Хьэуэ! Тхьэм щхьэкIэ, сщIамэ сэ уи
жагъуэ,
КъысхуумыщI емыкIу — сыщыуауэ арщ.
Армыхъу дэ тIуми ди псэхэм я
къуэпсым
КъежьапIэу яIэр мы ди къуршхэращ.
Мис ахэр уэри сэри къытщхьэщыту,
Ди лъахэм, цIыхум, дунейм
дахуэщхьэпэу
Тхьэм куэдрэ ткIун дищI ди гъуэгу
къытпэщытыр…
КъыздэкIуэта бысымым гуапэу
Сэ щесхыжащ сэлам къурш лъапэм.
ЗэзыдзэкIар Елгъэр Кашифщ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28121.txt"
} |
Филологхэр ягъэлъапIэ
Хабзэ зэрыхъуащи, Филологым и махуэр гъэ къэс Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и филологие къудамэм щагъэлъапIэ.
Мы гъэм абы ирагъэхьэлIат иджыри зы Iуэхугъуэ: славян тхыбзэм и махуэр. Филологие къудамэм хыхьэ урысыбзэ кафедрэмрэ урыс щэнхабзэмкIэ центрымрэ къыхалъхьэри «Си урыс егъэджакIуэ» республикэпсо зэпеуэ ирагъэкIуэкIащ. Абы хэтахэр тетхыхьащ зауэ нэужь зэманми, къыкIэлъыкIуэ илъэсхэми ди республикэм и школхэм къагъакIуэу егъэджакIуэу щылэжьа урысхэм. А конкурсым хэтахэри а махуэм КъБКъУ-м кърагъэблэгъат.
«Филолог» цIэр зэрихьэу, а IэщIагъэм хуеджэу е ирилажьэу куэд къыщызэхуэсат пэш хуитышхуэм. Утыкум ит экраным щызэблихъурт филологие къудамэм илъэсым и кIуэцIкIэ лэжьыгъэу щекIуэкIар къыщыгъэлъэгъуэжа сурэтхэр.
Филологхэм я махуэм ирихьэлIэу лэжьыгъэм къыхэжаныкIахэр ягъэлъэпIащ икIи апхуэдэ мурадкIэ утыку къихьа, КъБКъУ-м щIэныгъэмкIэ и проректор Савинцев Алексей къызэхуэсахэм я махуэшхуэмкIэ гуапэу ехъуэхъуащ, икIи егъэджэныгъэмрэ гъэсэныгъэмкIэ IэнатIэ мытыншыр езыхьэкI егъэджакIуэ, методист пажэхэм щIыхь тхылъхэр яритащ.
Зэрыбелджылыщи, филолог IэщIагъэм къызэщIеубыдэ унэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэ куэд. Япэрауэ, ар бзэм ирилажьэ IэщIагъэлIхэрщ. Мы къудамэм щрагъэдж бзэуэ 8. А къудамэхэр къэзыух ныбжьыщIэхэм Iэмал яIэщ егъэджакIуэм нэмыщI, IэнатIэ куэдым щылэжьэну — псалъэм папщIэ, иужьрей зэманым зызыубгъуа рекламэ бизнесым, туризмэм, е суд IуэхущIапIэхэм тэрмэшу, интернет компаниехэм, нэгъуэщI куэдми. Апхуэдэ IэщIагъэлIхэр щагъэхьэзырхэм ящыщ урысыбзэ кафедрэм и унафэщI Башиевэ Светланэ и лэжьэгъухэм къабгъэдэкIыу хъуэхъукIэ захуигъэзащ махуэшхуэм кърихьэлIахэм.
— Лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэ нэхъыщхьэу щыт бзэр хъума хъунымкIэ, зиужьынымкIэ къалэн нэхъыбэ зи пщэ къыдэхуэхэр гъэхьэзырыным жэуаплыныгъэ яхэлъу бгъэдэтщ ди егъэджакIуэ- щIэныгъэлIхэр, — жиIащ абы. — Иджыблагъэ лэжьыгъэ IуэхукIэ Владикавказ сыщыIат. Абы щыслъэгъуа гуэр гукъинэ сщыхъуащ. Осетинхэм я бзэр яфIэмыкIуэ- дын папщIэ къагупсысахэм ящыщщ мыр: транспортым итIысхьэ цIыхухэм махуэ къэс зэхах я бзэр кIуэдыжынкIэ шынагъуэ зэрыщыIэр, икIи цIыхухэр къыхураджэ я анэдэлъхубзэм ирипсэлъэну. Абыхэм щапхъэ ятетхын хуейуэ си гугъэщ. Филолог IэщIагъэр фIыуэ флъагъуну фыкъыхузоджэ мыбы кърихьэлIа школакIуэ цIыкIухэр, икIи зыщывмыгъэгъупщэ: сыт хуэдиз бзэ цIыхум зригъащIэми, и анэдэлъхубзэр щыгъупщэжын хуейкъым.
Славян тхыбзэм и махуэм ирихьэлIэу Филологие институтым щызэхаубла, «Мне в сердце запали уроки, когда я впервые постиг зовущий, как мир, и широкий, чарующий русский язык… (Кулиев Къ.)» зыфIаща зэпеуэм щытекIуахэр ягъэлъэпIащ. Абыхэм ящыщщ КъБКъУ-м и студентхэу Ибрэхьим Анзор, Абазэ Анзор, Къэгъэзэж Каринэ, Цакоевэ Зухра (Налшык дэт курыт еджапIэ №2), Бекъэзы Тамирлан (Жэмтхьэлэ дэт курыт школ №1), Уэрдокъуэ Элинэ (Налшык дэт курыт еджапIэ №17), Гороевэ Лейла (Яныкъуей дэт школ №1), Щомахуэ Алим (Тэрч дэт курыт еджапIэ №2), Мэл Анжелэ (Арыкъ къуажэ), Сковородников Дмитрий (Заречнэ къуажэ), Мэрзей Къазбэч (Лэскэн ЕтIуанэ къуажэ), Курдыгъу Марие (Псыншокъуэ къуажэ), Байзуллаевэ Каринэ (Налшык дэт школ №32), Бэлэтокъуэ Дианэ (Красноармейскэ къуажэ), Тутай Идар (Налшык дэт школ №9), Абшаевэ Земфирэ (Нартан дэт школ №1), Седининэ Элинэ (Лесное къуажэ), Нартщауэ Аринэ (Дальнее къуажэ). Студентхэмрэ еджакIуэ цIыкIухэмрэ я егъэджакIуэхэри гулъытэншэу къагъэнакъым. Конкурсым хэта псоми КъБКъУ-м къыбгъэдэкIыу щIыхь тхылъхэмрэ саугъэтхэмрэ иратащ.
Къызэхуэсахэм махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуащ Филологие институтым и унафэщI Куянцевэ Еленэ. Гъэр ехъулIэныгъэкIэ къезыхьэлIа егъэджакIуэхэм абы фIыщIэ яхуищIащ икIи къыхигъэщащ нобэрей гъащIэм лъэ быдэкIэ хыхьэн ныбжьыщIэхэр гъэсэнымкIэ, КъБКъУ-м щекIуэкI лэжьыгъэр нэхъри егъэфIэкIуэнымкIэ абыхэм ялъэкI къызэрамыгъанэр.
— Зыгуэрым щIэмыхъуэпсым къехъулIэр мащIэщ. Нобэрей ди щIэблэм хъуэпсапIэ дахэхэр яIэщ, я гур щIэныгъэм хуэгъэзащ. Ди гуапэщ дэтхэнэ зыми я мурадхэр къехъулIэну, — жиIащ кIэух псалъэу Куянцевэм.
Пшыхьыр игъэдэхащ студентхэм я зэфIэкIкIэ ягъэхьэзыра, уэрэдрэ къафэкIэ гъэнщIа программэм.
ЩОДЖЭН Iэминат.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28124.txt"
} |
Ислъамым и нур
Уаз
Гуэныхьышхуэ зыпылъ Iуэхугъуэщ лIар щIыкIейуэ бгъеиныр
Гумрэ псэмрэ къатехьэлъэ гуауэшхуэщ фIыуэ плъагъу уи Iыхьлы, гъунэгъу, ныбжьэгъу игъащIэ псокIэ пфIэкIуэдыныр, ар пфIэлIэныр. Ауэ а Iуэхугъуэр Алыхь Iэмырщ икIи ди къару зыхэмылъщ. Абы къыхэкIыу шыIэныгъэ тхэлъу а хэщIыныгъэм дыбгъэдыхьэн хуейщ.
Дунейм ехыжар гъеиныр, бжэныр, уеблэмэ хэт и щхьэцыр къричыжу, хэти и напэхэр къритхъыжу щIыкIейуэ зищIыныр зэман жыжьэм къыщожьэ. А хабзэхэр муслъымэн диныр къэунэхуным и пэкIэ, цIыхухэм тхьэ куэд щыIэу къыщалъытэ лъэхъэнэ лъандэрэ къокIуэкI. АрщхьэкIэ ислъам диныр къызэрыунэхурэ а мыхъумыщIагъэм йобэн. ЛIар егъэлеяуэ бгъеиныр, щIыкIейуэ зыпщIыныр гуэныхьышхуэ зыпылъ Iуэхугъуэу Алыхьталэм къилъытащ.
Ислъам диным къызэрыщыкIуамкIэ, цIыхур щылIэкIэ дуней нэпцIым токIыжри дуней пэжым мэкIуэж. Ар зы унэм ущIэкIыу адрей унэм укIуэ хуэдэщ икIи лIам и пкъыр цIыхур къызыхищIыкIа щIым хыхьэж щхьэкIэ, и псэр кIуэдыжыркъым — Алыхьым и IэмыркIэ псэм къыхуигъэщIа щыIэпIэм мэкIуэж.
Дунейм тэмэму тета, Алыхьым фарз къытхуищIахэр зыгъэзэщIа цIыхум и псэр щыIэпIэ нэхъыфIым — жэнэтым — макIуэ. Ауэ Къытщхьэщытым къызэригъэщIари зэригъэлIэжынури къыгурымыIуэу, и щхьэ хуэфIын Iуэху фIэкIа имылэжьу дунейм тета цIыхум и псэр гугъуехь щытелъыну щIыпIэщ — жыхьэнмэщ — здагъакIуэр. Мыри зыщыгъэгъупщэн хуейкъым: лIам и Iыхьлыхэм, благъэхэм ар фIыкIэ ягу къагъэкIыжу, мэрем зэхуакухэм фIыгъуэ зыпылъ Iуэху хуалэжьу щытмэ, апхуэдэм и псэр мэгуфIэ. Дунейм къытенахэм яхэкIыжахэм хуалэжь псори — фIыри Iейри — мелыIычхэм псэм и деж нахьэсыж. ЛIам къыщIэнахэм фIеягъэ, бзаджэнаджагъэ зэрахьэмэ, псэм и Iуэхур нэхъыкIэ ящI. Мис аращ «Си хьэдэ напэр къыумыгъэукIытэ» жаIэу, муслъымэнхэм уэсят къащIыжу куэдрэ щIызэхэпхыр.
Уи адэ-анэ, къыбдалъхуа е уи ныбжьэгъуфI лIауэ ямылейуэ щIыкIейуэ зыпщIкIэ, угъкIэ, убжэкIэ, ар къыпхуэгъэтэджыжынукъым. Апхуэдэхэм и деж абы и псэм бэлыхь теплъхьэу аращ. НэхъыфIщ тхьэ ухуелъэIумэ, зэчыр хужыпIэмэ, псапэ зыпылъ IуэхуфIхэр хуэблэжьмэ. Дэтхэнэ зы муслъымэнми зыщигъэгъупщэ хъунукъым лIауэ зыкIэлъыгъым хуэдэу езыри дунейм зэрехыжынур, Алыхьталэм и пащхьэ зэрекIуэлIэжынур икIи нобэ IэщIэкIам Къемэт махуэм зэрыхуэзэжынур и гумрэ и псэмрэ пхыкIауэ, и фIэщ хъууэ щытын хуейщ. Ущыгъуэ пэлъытэу щыгъын фIыцIэкIэ зыхуэпэнри, пащIэ-жьакIэ гъэкIынри муслъымэныгъэкъым.
Нэщхъеягъуэ кIыхьыр ислъам диным игъэдурыскъым. Жэщищ-махуищым ар фIигъэкIкъым. Абы щыгъуэми зи щхьэгъусэ дунейм ехыжа цIыхубзыр мазиплIрэ махуипщIкIэ щыгъуэн хуейуэ къегъэув. Ар апхуэдэу щIащIыр «иддэ» (уэндэгъу зэрыхъуар къыщащIэ) пIалъэр икIыху нэгъуэщIылI дэкIуэж зэрымыхъунур къригъэлъэгъуэн щхьэкIэщ. АпщIондэхукIэ фы- зым зигъэщIэрэщIэнуи, дыщэхэкI, нэгъуэщI цIуугъэнэ гуэрхэр зыкIэрилъхьэнуи дурыскъым. ЦIыхубзым и адэ-анэ е и Iыхьлы дунейм ехыжами, зэрыхуэщыгъуэн хуейуэ къызэригъэувыр а жэщищ-махуищращ. Абы теухуауэ Мухьэммэд бегъымбар лъапIэм жиIащ: «Алыхьталэр, Къемэт махуэр зи фIэщ хъуа бзылъхугъэр и адэ-анэ, Iыхьлы, бын дунейм ехыжамэ, зэрынэщхъеипхъэр жэщищ-махуищщ, ауэ и щхьэгъусэр лIамэ, мазиплIрэ махуипщIкIэ щыгъуэн хуейщ».
Псалъэ Iейхэр къыбжьэдэмыкIыу, щIыкIейуэ зумыщIу тхьэ ухуелъэIуурэ лIам удэхыщIэным, бгъеиным гуэныхь пымылъу къыщыкIуащ ислъам диным.
Щапхъэ
Iиман щыпкъэ зыбгъэдэлъ
Къанкъул Лиуан ЕпщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэм и 50 гъэхэм Куба къуажэм дэсауэ къаIуэтэж Алыхьым и гъуэгу пэжым тета, Iиман щыпкъэ зыбгъэдэлъу Тхьэм гукъабзэкIэ хуэпщылIа дин еджагъэшхуэ Къанкъул Алий. ЗэрытщIэщи, мылIэжын Алыхьым дыкъигъэщIакъым, ауэ ди яужькIэ дунейм къытедна IуэхугъуэфIхэм ажал яIэкъым. Ар щынаIуэщ а лIыжь угъурлым и деж.
Нобэр къыздэсым цIыхум къыдогъуэгурыкIуэ, а еджагъэшхуэм бгъэдэлъа щIэныгъэмрэ пэжыгъэмрэ. А зэман гугъум (цIыхубэм диныр зэрахьэну щыхуимытам) Къанкъулыр Сирием нэс кIуэфри, дин щIэныгъэр зригъэгъуэтат икIи Хэкум къигъэзэжри тхылъи итхыжат. ПсэухукIи псэ хьэлэлу Тхьэм хуэлэжьауэ, цIыхубэр фIым къыхуриджауэ жаIэж.
Къуажэдэсхэм яфIэтелъыджэу къаIуэтэж мы хъыбарыр: Куба къуажэр цIыкIут, уэрамхэр зэв дыдэт, гъунэгъухэр зэкIэщIэсыпэу псэухэрт, псоми я псэупIэхэр бгъэныщхьэ унэт. Зэгуэрым мафIэсышхуэ къэхъуауэ къуажэр зэтрисхьэрт. Зи лъэ вакъэ изыуфым и щхьэр къуажэм дихырт. А зэманым зи ныбжь ирикъуауэ, лъэрымыхьи хъуауэ пIэм хэлъ, къуажэр зыбгынэну зымыда Къанкъул Алий и унэм мафIэсыр щынэсым, ар Алыхь Iэмырти, жьыбгъэшхуэ къыкъуэури, мафIэм нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ зидзащ. Тхьэм зи гъащIэр тыхь хуэзыщIа лIыжьым и щхьэми и унэми лыгъэр нэсатэкъым. И ахърэтыр нэху ухъу!
Адыгэм зэрыжиIэщи, «ЛIэужьыр бжьиблкIэ мауэ». Шэч хэлъкъым Алыхьым и фIэлIыкIыныгъэм щIэту псэуа лIыжьым илъ зэрыхэтым, абы къытехъукIыжа щIэблэ псапащIэм. Зи гугъу фхуэсщIыну сызыхуейр Къанкъулхэ Мухьэмэд и къуэ Лиуанщ. Ар 1952 гъэм Куба къуажэм къыщалъхуащ. Школыр фIыуэ къиуха нэужь, Германием щыIэ советыдзэм къулыкъу щищIащ. ИтIанэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым, Мылъкур къэгъэщIэрэщIэжынымкIэ Мэзкуу дэт еджапIэ нэхъыщхьэм щеджащ, экономикэ щIэныгъэхэм я кандидат хъуащ.
ГъащIэр сыт и лъэныкъуэкIи зыгъэунэхуа, щIэныгъэшхуэ зыбгъэдэлъ Къанкъулым лэжьыгъэкIи ехъулIэныгъэшхуэ иIэу лэжьащ, нобэр къыздэсми жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъ IэнатIэ зэрехьэ.
Япэ щIыкIэ ар Налшык дэта «ЖБИ» заводым директору илъэс 20-кIэ щыIащ, и ужькIэ 2005 гъэм Мэзкуу дэт «Электролуч» ЗАО-м и унафэщI ящIащ. Иджы Къэбэрдей-Балъкъэрым къекIуэлIэжащ икIи, пенсэм нэса щхьэкIэ, зигъэпсэхуу щыскъым, атIэ уней хьэрычэтыщIэщ.
Апхуэдиз щIэныгъэ куу зыбгъэдэлъ, зэпIэзэрыт Къанкъулым и гумащIагъэмрэ псэ къабзагъэмрэ уи нэкIэ умылъэгъуам фIэщ щIыгъуейщ. Ар къаIуатэ зэпымыууэ Алыхьым папщIэ дунейм щищIэ IуэхугъуэфIхэм. Ахэр куэд мэхъу, газет тхыгъэ къудейкIи къыпхуэмыIуэтэнщ. Абыхэм ящыщу сэ зи гугъу фхуэсщIыну сызыхуейр Куба къуажэм дэт мэжджытырщ.
Къуажэдэсхэм мэжджыт яухуэну мурад щащIым ахъшэ тIэкIуи зэхуахьэсат, ауэ абыхэм зэхалъхьа мылъкум тхьэелъэIупIэм и лъабжьэр къищIын къудейт. Апхуэдэу щыхъум, Къанкъулым жиIащ: «Мылъку зэхуэфхьэсар фи бынхэм ятевгъэкIуэдэж, сэ фхуэзухуэнщ мэжджытыр». АрщхьэкIэ къуажэдэсхэм ар ядакъым, мащIэми, дэри ди сом гуэр хэлъыну дыхуейщ, жаIэри. Мис абдежым щыщIадзащ мэжджытым и ухуэныр. 1994 гъэм щыщIэдзауэ 1997 гъэ пщIондэ къилэжьыр ирихьэлIэурэ, Лиуан мэжджытыр и кIэм нигъэсащ. Къанкъулым и ныбжьэгъу пэж, ингуш щIалэ Мальсаговым абы алэрыбгъуу илъыр къищэхури къахуишащ.
1997 гъэм бадзэуэгъуэм и 11-м Куба мэжджытыр къыщызэIуахащ. Къуажэдэсхэм я гуфIэгъуэр къыдаIэтыну Сауд Хьэрыпым щыщу цIыху 20 къэкIуащ Къанкъулым гъусэ зыкъыхуащIри. Тхьэм и унэр къыщызэIуаха махуэри хэIэтыкIауэ къуажэм щагъэлъэпIащ. Жэмыхьэтыр зэгурыIуэри, Iимаму хахащ и ныбжьыр илъэси 8-м иту КъурIэным еджэн щIэзыдза Тенджыз Башир. Нобэр къыздэсми а лэжьыгъэ мытыншыр абы псэ къабзэкIэ егъэзащIэ, цIыхухэри къыхуэарэзыщ. Абы жеIэ: «Къуажэм мэжджытыр тхудэзыщIыхьа Къанкъул Лиуан хъуэхъуу хужаIэр Тхьэм лъигъэс. Ар къызэрызэIутхрэ зэи и бжэр хуэтщIакъым. Апхуэдиз илъэс лъандэрэ цIыхукIуапIэ мэжджытым, дауи, увыIэгъуэ имыIэу елэжьын хуей мэхъу. АпщIондэхукIи зызыхуэдгъазэр Къанкъулырщ икIи емызэшыжыу ар щIэгъэкъуэн къытхохъу».
Къанкъулым и псапэ щIэныр абдежми щызэпигъэуакъым. АтIэ адэкIи Алыхьым и арэзыщIыныгъэм телажьэ зэпытщ. Бегъымбарым и хьэдисхэм ящыщ зым къыщокIуэ: «Сызэхъуапсэу дуней псом тетыр IуэхугъуитIщ: япэр — диныр зыщIэу, ар нэгъуэщIхэм езыгъэщIэжырщ, етIуанэр — мылъку зыбгъэдэлъу, ар Алыхьым папщIэ зыгъэкIуэдыфырщ». Я насыпщ Къанкъулым хуэдэу дунеягъэ лэжьыгъэкIэ зи ахърэтыр дахэ зыщIынухэм. Лиуан хуэныкъуэу къилъытэ псоми я щIэгъэкъуэнщ. Абы ахэр зэхидзыркъым динкIи, лъэпкъкIи, бзэкIи. Псалъэм папщIэ, ди республикэм мэжджыт щIагъуэ иткъым Къанкъулым и лэжьыгъэ зыхэмылъ. Апхуэдэ дыдэу абы и гуащIэ ирихьэлIащ члисэ зыбжанэ ухуэным, сымаджэщхэм, сабий садхэм, нэгъуэщIхэми. Псом хуэмыдэу сабий сымаджэхэм я узыншагъэр зэтегъэувэжынымкIэ и къаруми и псэми емыблэжу ятолажьэ. АбыкIэ дуней псом цIэрыIуэ щыхъуащ. 2006 гъэм дунейм къытехьа тхылъ «Лъэпкъым и дыщэ тхылъым» ар ихуащ. Абы итщ иужьрей илъэсищэм къриубыдэу дунейпсо дэIэпыкъуэгъу-псапащIэ нэхъ цIэрыIуэ дыдэхэм я сурэтхэр, къызыхэкIа лъэпкъымрэ къулыкъумрэ дыщIыгъуу. Хуабжьу гуапэ сщыхъуащ адыгэ лъэпкъым тщыщу Къанкъулхэ Лиуан апхуэдэ пщIэ къызэрылъысар.
2006 гъэм мазаем и 16-м Мэзкуу щекIуэкIащ «Дунейм и мелыIыч гуапэ» дунейпсо зэIущIэ ин. Ар теухуауэ щытащ цIыху къызэрыгуэкIхэм, щыщIэныгъэ зиIэ IэнатIэхэм, еджапIэхэм, къэралым щIэгъэкъуэн хуэхъу «дэ-Iэпыкъуэгъу-псапащIэхэм» саугъэтхэр хуагъэфэщэным. Дунейпсо зэIущIэм я зэгурыIуэкIэ Къанкъулым къыхуагъэфэщащ абы и дыжьын медалыр, саугъэт щхьэхуэр, «псапэ щIэнымкIэ дунейпсо академик» цIэ лъапIэр.
Адыгэ хабзэр ткIийуэ зезыхьэ, Iиман щыпкъэ зыбгъэдэлъ Къанкъулым и унагъуэри (хьэж зыщIа и щхьэгъусэри, щIэныгъэ зэрызыххэ зыгъуэта и быниплIри ) тхьэмадэм хиша лъагъуэм тету зэрыпсэун иужь итхэщи, Тхьэм къаригъэхъулIэ. Алыхьым фIы куэд къарипэс!
Жылокъуэ Люсаннэ.
Дэ къытхуатх
Кашиф и псапэр куэд Тхьэм ищI!
ПщIэшхуэ зыхуэсщI «Адыгэ псалъэ»! «Ислъам и нурым» и къыдэкIыгъуэ блэкIам тетащ КъурIэныр адыгэбзэкIэ зэзыдзэкIахэу Нало Заур, Болий Мустэфар, Хъуажь Мухьэмэд-Хъер сымэ я сурэт. Гуапэщ ахэр зэрыфщымыгъупщэр. Абыхэм ди анэдэлъхубзэмкIэ дунейм къытрагъэхьа ФIыцIагъэ лъапIэр ди къуажэ мэжджытым щIэлъщ икIи хуабжьу тфIэфIу дыкъоджэ.
Зи гугъу фщIа Iуэхугъуэм сытригъэгушхуащ КъурIэн лъапIэр адыгэбзэкIэ зэзыдзэкIыу къыдэзыгъэкIыжа тхакIуэ цIэрыIуэ Елгъэр Кашиф нобэ и гугъу фхуэсщIыну. А лIы ахъырзэманым илъэс куэд зытригъэкIуэда и лэжьыгъэ щхьэпэри гулъытэншэу къанэ хъунукъым. Абы щыгъуэми Кашиф адыгэбзэкIэ къыдигъэкIа КъурIэныр къызэрызэIупхыу тетщ ар псапащIэу, пщIэншэу зэригуэшыр.
2007 гъэм дунейм къытехьэри, адрей цIыху минхэми хуэдэу, сэри мыгувэу къыслъысащ. Абы лъандэрэ пщэдджыжь нэмэзымрэ ахъшэмымрэ яужькIэ гупсэхуу сыкъоджэ икIи гъащIэм сыщрихьэлIэ упщIэ куэдым я жэуапрэ ущиерэ къызогъуатэ. Си щхьэгъусэри апхуэдэ дыдэщ.
Газетым сыщIынатхэр КъурIэн сыкъызэреджэр фэзгъэщIэну е фэзгъэгъэщIэгъуэну аракъым — абы зыри телъыджэу хэлъкъым икIи дэтхэнэ зы муслъымэнми ар и фарзщ. Елгъэрым псапэшхуэ къызэрихьар, ди анэдэлъхубзэмкIэ КъурIэным итыр ди пащхьэ къызэрырилъхьар Iуэхугъуэшхуэу зэрыщытыр жысIэну сыхуейуэ аращ. Абы тригъэкIуэда и зэфIэкIри, мылъкури, зэманри бэгъуауэ Алыхьым къритыж! Елгъэр Кашиф и цIыхуфIагъыр и лэжьыгъэ дахэмкIэ, жумартагъымкIэ къигъэлъэгъуащи, си гуапэщ фIы ищIэу, дунейм темызашэу гъащIэ кIыхь къигъэщIэну, «Iуащхьэмахуэ» журналым щиIыгъ и IэнатIэм узыншэу адэкIи пэрытыну.
Къэзакъ Сэфарбий.
Къулъкъужын Ищхъэрэ къуажэ
Жэщ лъапIэхэр
Мирадж
Мирадж жэщыр (Лейлат аль-Исра Валь-Мирадж — муслъымэнхэм ягъэлъапIэ Раджаб мазэм и 26 — 27 махуэхэр щызэблэкIым. Ар мы гъэм хуозэ мэкъуауэгъуэм и 5 — 6 жэщым. Ислъам диным зэрыжиIэмкIэ, Алыхьым и нэфIыр зыщыхуа Мухьэммэд бегъымбар лъапIэр а жэщым Мэккэ щыIэ аль-Хьэрэм мэжджытым ирахри, Иерусалим и аль-Аксэ мэжджытым къыщагъэхутащ икIи абы иужькIэ уафэм драхьейри, Алыхьым и пащхьэм ирашащ. Къытщхьэщытым абы къыщыгуригъэIуащ муслъымэныгъэр зэрызехьэн хуей щIыкIэр, дунейм къыщыхъунухэр, нэщэнэ щхьэпэхэр.
Мухьэммэд бегъымбарыр уафэм зэрыдрахьеям (Мирадж жэщым) теухуащ КъурIэн лъапIэм и «Аль-Исрэ» сурэр («исрахьун» хьэрып псалъэм «жэщ зекIуэ» къикIыу аращ, «мирадж»-м — «дэкIуеиныгъэ», «Iэтыныгъэ», «пкIэлъей»).
А жэщым ДжэбрэIил мелыIычыр Мэккэ и мэжджытым и деж щыжея Мухьэммэд бегъымбарым къыхуэкIуащ икIи цIыхущхьэ зыфIэт Буракъ шымкIэ Иерусалим ихьащ. Абы и мэжджытым щыщIыхьам адрей бегъымбархэу Ибрэхьим, Хьисэ, Мусэ, Iэдэм сымэ къыщыпэплъэрт. Iимаму уври, я гъусэу нэмэз ищIащ. Абы иужькIэ ДжэбрэIил Мухьэммэд кумбыгъитI къыхуишиящ — зым шэ, адрейм шагъыр ярыту. Бегъымбарым шэр къыщыхихым ДжэбрэIил гуфIащ: «ИпэжыпIэкIэ уэ гъуэгу захуэм утетщ — уэри уи лъэпкъри!
Абы и ужькIэ, хъыбарым къызэрыхэщымкIэ, ДжэбрэIил и гъусэу Му- хьэммэд мелыIычхэм я пкIэлъеймкIэ (мирадж) уафэм и къатиблым дэкIуеящ. Япэм уафэм и бжэр Iэдэм Мухьэммэд къыщыхузэIуихащ, етIуанэм Яхьярэ Хьисэрэ щаIущIащ, ещанэм — Исуф, еплIанэм — Идрис, етхуанэм — Хьэрун, еханэм — Мусэ. Ебланэм, ищхьэ дыдэм, бегъымбар псоми я нэхъыжь Ибрэхьим щыIэти, Мухьэммэд жэнэтыр къыщригъэлъэгъуащ. Бегъымбар псори Мухьэммэд къуэшым хуэдэу гуапэу къыIущIащ.
Ебланэ къатым Мухьэммэд Алыхьым и пащхьэм щрашащ. Ар абы гупсэхуу къыщепсэлъащ икIи къиущиящ.
Мухьэммэд бегъымбарыр Мэккэ къыщрахьэхыжам зыхэкIа и пIэр иджыри упщIыIуатэкъым икIи щаIэтым ягъэджэла кхъуэщыным ита псым къижын иухатэкъым.
А жэщым здэщыIар щажриIэжым, цIыхухэм я фIэщ хъуакъым. Апхуэдэ къэхъункIэ Iэмал имыIэу абыхэм трагъэчыныхьырт, сыту жыпIэмэ Мэккэ икIыу чырэр Мысырым мазэкIэ нэсу арат. Мухьэммэд пцIы иупсу къащыщыхъум, ислъам диныр IэщIыб зыщIхэри къыкъуэкIащ. Апхуэдэу щыхъум цIыхухэр хеящIэ Абу Бакр и деж кIуащ. Абыи ар занщIу и фIэщ хъуакъым, ауэ Мухьэммэд иджыпсту дыди ахэр жиIэу мэжджытым зэрыщIэсыр щыхуаIуатэм, хьэкъ щыхъуащ икIи бегъымбарым и псалъэхэр зэрыпэжыр наIуэ ящищIащ. Абу Бакр Мухьэммэд и деж кIуэри, къэхъуахэмкIэ еупщIащ. ИтIанэ елъэIуащ Иерусалим дэт мэжджытым и теплъэр къыхуиIуэтэну. Къалэмрэ мэжджытымрэ я щытыкIэр къыщыжриIэм, Абу Бакр абы нэхъапэм щыIати, псори зэрыпэжым щыхьэт техъуащ. Мухьэммэд зыгуэрым щытепсэлъыхьыжкIэ абы жиIэрт: «ЖыпIэр пэжщ. Сэ щыхьэт сытохъуэ уэ Алыхьым и лIыкIуэу узэрыщытым». КъищынэмыщIауэ, бегъымбарым къажриIащ Иерусалим къыщежьауэ чырэ къахуэкIуэу зэрилъэгъуар. Зэман дэкIри, ахэри къэсащ.
Мы Iуэхугъуэр къыщыхъуар муслъымэн махуэрыбжэмкIэ 621 гъэм и раджаб мазэм и 27-рщ. Абы лъандэрэ илъэс 814-рэ дэкIащ.
Бараат
КъыщигъэщIа жэщыр (Лейлат аль-Бараат) мэкъуауэгъуэм и 23-24 махуэхэр щызэблэкIым хуозэ. КъурIэн лъапIэр цIыхухэм къащыхуеха зэманщ ар.
Алыхьым и къарури зэфIэкIри инщ. Аращ дунейри, абы щыпсэухэри къэзыгъэщIар. Дэтхэнэ зыми Алыхьталэм гъащIэ пIалъэ, хьэл-щэн, дуней тетыкIэ, насып, узыншагъэ, мылъку, дэрэжэгъуэ тхухихащ. Дунейм тет мелардихым щIигъум зы цIыхуи яхэткъым теплъэкIэ, гупысэкIэ, ирахьэкI гъащIэкIэ, нэгъуэщI зыгуэркIэ къанэ щымыIэу зэтехуэу. Уеблэмэ, зэтIолъхуэныкъуэхэми зэщхьэщыкIыныгъэ гуэр яIэщ. Абы къигъэлъагъуэркъэ, ахэр къэзыгъэщIам и къарумрэ зэфIэкIымрэ гъунапкъэншэу зэрыщытыр!
Алыхьталэм хэти мылъку, хэти узыншагъэ, хэти насып, хэти зэфIэкI, хэти къулыкъу хуигъэфэщащ. Хэти къулейсыз, ныкъуэдыкъуэ ищIащ. Псори зэуэ зыхуигъэфэща щыIэкъым. Апхуэдэу щIищIари дэтхэнэ зыри игъэунэхун папщIэщ. ДыкъэзыгъэщIам къыхуигъэфэщамкIэ мыарызыхэр мэныкъуакъуэ. Хэти щIыхуэ къещтэри, мылъку зэрегъэпэщ, хэти IужэжагъкIэ, гъэпцIагъэкIэ къулыкъу къыдех. Алыхьталэр къызэрыхуэупсамкIэ мыарэзыхэр Iэл, зэгъыгъуей мэхъу, цIыху- хэм йоиж, псалъэ фIейхэр, пцIы зэрахьэ. Мылъкумрэ къулыкъумрэ игъэудэфахэми зэрылIэжынур, Тхьэм и пащхьэм зэрихьэжынур ящогъупщэ.
ЦIыхум хуэмышэчын бэлыхь Алыхьым къытрилъхьэркъым, щыуагъэ зыIэщIэмыкIи щыIэкъым. КъурIэн лъапIэм итщ: «И гуэныхьхэм къыпэкIуэ тезыр занщIу тралъхьэу щытамэ, дунейм зы цIыхуи псэууэ къытенэнтэкъым». Къытщхьэщытым дэтхэнэми Iэмал ирет псэухукIэ и гуэныхьыр ипшыныжыну, щыуагъэхэр игъэзэкIуэжыну, псапэ илэжьыну. Ахэр хузэфIэкIмэщ Алыхьым и пащхьэм напэ къабзэкIэ щихьэжынур.
КъурIэн лъапIэм щыубзыхуащ дэтхэнэ зы цIыхури дунейм зэрытетыну щIыкIэр. Ар нэсу зыгъэзащIэрщ жэнэтыр къызыпэплъэр.
Мирадж жэщым Мухьэммэд бегъымбарыр здахьа Иерусалим и аль-Аксэ мэжджытырщ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28129.txt"
} |
ГушыIэ дахэр зи япэ ита
«Адыгэ псалъэ» («Ленин гъуэгу») газетым лIыфI куэд щылэжьащ я гуащIэ щымысхьу, а зэманым зэратхыу щытащи, я псэ емыблэжу, зыпэрыт IэнатIэм пщIэ хуащIу, я пщэ къыдэхуа къалэныр здынэсыр фIыуэ къагурыIуэу. Ахэр сигу къыщыкIыжкIэ согупсыс: а журналистхэр тхакIуэ къудейтэ-къым, атIэ хэкум фIыуэ къыщацIыху, пщIэ зыхуащI, зи псалъэр я фIэщ хъу цIыхут. Дауи, ар къызыхэкIыр зытетхыхьым фIыуэ зэрыхащIыкIырт. Редакцэм и дэтхэнэ къудамэм щылэжьами, IэщIагъэлIхэм, унафэщIым щепсалъэм деж пщIэнтэкъым а журналистри а Iуэхум хуеджауэ фIэкIа, ар мэкъумэшым е парт, совет лэжьыгъэм, щэнхабзэм теухуауи щрети. КIэщIу урысым зэрыжаIэщи, дэтхэнэри «личность»-т и Iуэху еплъыкIэ, Iуэху бгъэдыхьэкIэ иIэжу, абы тещIыхьауи и тхыгъэхэр яубзыхуу.
Апхуэдэ лIыфI куэдым сэ садэлэжьащ я унафэ сыщIэтуи си унафэ ялъэIэсуи. «ЛIыфI» щIыжысIэр а зэманым редакцэм цIыхубз зырыз дыдэ фIэкIа зэрыщымылэжьарщ. Си псалъэхэм щапхъэ яхуэсщIу сэ куэдым я цIэ къисIуэфынущ. Ауэ нобэ си тхыгъэр зытеухуар псоми фIыуэ тлъагъуу илъэс куэдкIэ сурэттехыу къыддэлэжьа Щомахуэ Владимирщ.
Щомахуэ Владимир. 1982 гъэ Владимир мы IэщIагъэм хуеджатэкъым, ар лэжьыгъэ хуэхъунуи игу къэкIагъэнутэкъым. Ауэ щIалэгъуэм къыдежьа Iуэхуу, езым зэрищIэжрэ сурэттех Iэмэпсымэр фIыуэ илъагъурт, дэнэкIэ кIуэми къыздрихьэкIыу, и нэм къыфIэнэм сурэт трихыу. Щомахуэ Владимир дэзыхьэхри и гъащIэр зытриухуэну и мурадри спортырт. Псом япэу штангэ къэIэтыныр. Зауэ нэужь илъэс гугъухэм нэхъыбэу цIыхур нэхъ зыхуэныкъуэ дохутыр, егъэджакIуэ, агроном IэщIагъэхэр къыщыхахым, Володя ищIа мурадыр тIэкIу щхьэпсыншагъэ хуэдэу къыпфIэщIынри Iуэхум хэлът. Ауэ, парт, совет лэжьакIуэу къекIуэкI и адэ Алексей щIалэм и гуращэр къыдищтащ: игу къыдыхьэ Iуэхур къыхрех, фIыуэ умылагъу IэщIагъэм урилэжьэныр, «фыз жагъуэ убгъэдэсым хуэдэщ», жиIэри.
Владимир Москва дэт Физкультурэмрэ спортымкIэ институтым щIэтIысхьэри, ар фIы дыдэу къиухащ. Еджа къудейкъым — а илъэсхэм Щомахуэм ерыщу спортым зыхуигъэсащ, институтым и спортсмен нэхъыфI хъури, къалащхьэм щекIуэкI зэхьэзэхуэхэм яшэу щIадзащ. Уи нэгу къыщIэгъэхьэгъуейкъым Москва щекIуэкI зэхьэзэхуэхэр зыхуэдэу щытар, абы увыпIэфI къыщыхьыныр зэрыгугъуар. Ауэ Володя и ерыщагъи, узыншагъи хурикъуащ къалащхьэм и чемпион хъуным. ИкIи а цIэ лъапIэр илъэситIкIэ трахыфакъым.
Москва зэрыщыпсэуа илъэсхэр абы щхьэузыхь зыхуищIар спортым и закъуэкъым. А зэманым адыгэ щIалэм и хьэл-щэни, дуней еплъыкIи, цIыху хэтыкIи ипсыхьащ. Абы и духовнэ зыужьыныгъэм сэбэп къыхуэхъуащ къалащхьэм нэIуасэ, ныбжьэгъу къыщыхуэхъуа цIыху цIэрыIуэхэр — щэнхабзэм, гъуазджэм я лэжьакIуэхэр, дзэ къулыкъущIэ инхэр. Ахэри спортым зэрыдихьэхым зэришэлIати, я зэныбжьэгъугъэми гъащIэ кIыхь иIэу къыщIэкIащ. Псалъэм папщIэ, дунейм ехы-жыху Володярэ Мишулин Спартакрэ зэхуэтхэ-зэпсалъэу псэуащ.
Владимир и хъыбар гъэщIэгъуэныр игу ирихьащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, сурэттех Шахмурзаев Алексей. 2000 гъэ ЕджапIэр къиуха нэужь, Москва къыдэнауэ щытамэ, Щомахуэм и гъащIэр зэрыхъуну щытар, дауи, нобэ жыIэгъуейщ. Ап- хуэдэ Iэмал Володя иIащ. АрщхьэкIэ, абы къигъэзэжащ еджакIуэ зыгъэкIуа и лъахэм. Ари хуэны- къуэт щIалэгъуалэр узыншэу къэхъуным хуэзыущиин IэщIагъэлI.
Физкультурэм хуригъаджэу, спортсмен ныбжьыщIэхэр игъасэу Володя Налшык дэт курыт IэщIагъэ щрагъэгъуэт еджапIэ зыбжанэм щылэжьащ. А зэманым теухуа хъыбар Iэджэ абы дригъэдэIуэжауэ щытащ, ущIэдыхьэшхыни, гурыхь пщымыхъун гуэрхэри хэлъу. Ауэ IэщIагъэлI ныбжьыщIэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIащ гъащIэм и пIалъэ зыщIэ, щIэблэр гъэсэным хуэIэкIуэлъакIуэ Фанзий Исмел и унафэ зэрыщIэхуам. Ари Джылахъстэнейт, щIалэм и адэм и нэIуасэти, адэ етIуанэ хуэхъуащ жытIэкIэ дыщыуэну къыщIэкIынкъым. Псалъэм къыдэкIуэу: Фэнзий Исмел «Ленин гъуэгу» газетым и редактор нэхъыщхьэу лэжьауэ щытащ.
ЗэрыжытIащи, Щомахуэ Владимир дэнэкIэ игъэзами сурэттех Iэмэпсымэр и Iэпэгъут. Абы трихахэр зэзэмызэ республикэ газетхэм къытехуэрт. Сурэтхэр щIэщыгъуэт, Iэзэу щIат. Сытми, апхуэдэу къекIуэкIыурэ, егъэджакIуэ IэщIагъэмрэ сурэт техын Iуэхумрэ я зэныкъуэкъум етIуанэр щытекIуащ — фIыуэ илъагъу Iуэхум зритащ.
Щомахуэ Владимир сурэт техынми фильм гъэхьэзырынми хуэIэзэт. 1998 гъэ …Редакцэм сурэттех димыIэу дыкъекIуэкIырти (илъэс куэдкIэ а IэнатIэр езыхьэкIа, Хэку зауэшхуэм хэта Колесников Иван Павел и къуэр и узыншагъэр пэмыхъужу тIысыжат), Гуляев Башир къызжиIащ лэжьакIуэ тхуэхъун щIалэфI къытхуигъуэтауэ. Зи гугъу сщIы зэманым балъкъэр тхакIуэ цIэрыIуэр КъБАССР-м и Журналистхэм я союзым и правленэм жэуап зыхь и секретарти, фIыуэ ицIыхурт къалэмыпэ къэзыIэтрэ сурэт тезыхыу хэкум исыр. Езыр цIыху пэжт, зэтетт, жиIам шэч къыщIытепхьэн щымыIэу.
Башир редакцэм къишар лIы хэщIыхьа плIабгъуэт, и щхьэц сырыхухэм тхъугъэ хидзауэ. Ауэ узэрыIуплъэу удэзыхьэхыр гуапагъэ, акъыл жан, а тIум щIыгъуу нэжэгужагъэ къызыщIих и нитIырт (сыт хуэдиз цIыхубз къатхьэкъуат а нитIым!) Сэлам зэтхщ, гушыIэ гуэрхэр жиIэщ, щыри абы дридыхьэшхри… а махуэм Щомахуэ Владимир лъэпкъ газетым и япэ адыгэ сурэттех корреспондент хъуащ. Абы и ужькIи Щомахуэм и Iэ зыщIэлъ сурэт куэд «Адыгэ псалъэм», республикэм къыщыдэкI адрей газетхэмрэ журналхэмрэ щэ бжыгъэкIэ къытехуащ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым блэкIа лIэщIыгъуэм и кIэм щекIуэкIа Iуэхухэр зыгуэрым ди газетымкIэ иджыжын хъумэ, абы Володя и сурэтхэр гулъытэншэу къигъэнэнкъым. Сыту жыпIэмэ, абыхэм наIуэу, зэхэхауэ къаIуэтэж республикэм и колхозхэмрэ совхозхэмрэ, фабрикэхэмрэ заводхэмрэ батэу щагъэшар зыхуэдизыр, къыщалэжьа хъерыр зи Iэдакъэ къыщIэкIа, ди щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ зыгъэбэгъуа цIыху щэджэщахэм я шыфэлIыфар. Сэ си фIэщ сщIыркъым газетыр зы махуэщ зэрыпсэур жыхуаIэр. Пэжым ухуеймэ, журналистыр, абы яхызобжэ сурэттеххэри, тхыдэм хуолажьэ, архив дэфтэрхэм ящIыгъуу, тхыдэр газет напэкIуэцIхэмкIи яджыж.
Щомахуэ Владимир лэжьакIуэшхуэу щытащ жысIэныр сфIэмащIэщ. Лэжьыгъэр абы дежкIэ гъащIэт, гукъыдэжт. Махуэри жэщри Володя лэжьапIэ пэшым щихьащ и узыншагъэр фIэкIуэдыху.
Нобэ сурэттех-корреспондентым и лэжьыгъэр куэдкIэ нэхъ тынш хъуащ. ЕфIэкIуащ зэрытрах, зэрагъэхьэзыр Iэмэпсымэхэр. ТхылъымпIэ къэгъуэтыни, химикат зэхэщIэни я Iуэхужкъым. Псори компьютерым зэфIегъэкI. Сэ сызэреплъымкIэ, абы фIыи Iеи хэлъщ. ФIыкъым сурэт щIыным и технологиер зэраIэщIэгъупщыкIыжыр. Иджыпстуи си нэгу щIэтщ химикат зэхищIам хилъхьа тхылъымпIэм сурэтыр къызэрытеувэм зыщимыгъэнщIу, фIэтелъыджэу ар еплъу зэрыщытар. Телъыджэтэкъэ тхылъымпIэ напэ хужьым сурэт къытебгъэувэфыныр?!
Апхуэдэххэти, махуэр зи кIыхьагъым, жэщри къыдэкIуэу, абы сурэтхэр игъэхьэзырырт, нэхъ къехъулIауэ къыфIэщIыр къыхихырти стIолым къытрилъхьэрт, «фыхэдэ» жиIэу. Ауэ хэди еплъыт! Сурэт къэс къыщхьэщыжырт, лъэныкъуэкIэ ебгъэтIылъэкIыу имыдэу: «Сэ мы цIыхум сурэт тесхащ, ар къоплъэ газетым къытехуэну. Апхуэдэ пщIэ зыхуэфащэщ ар. Сыт жысIэу сыIуплъэжыну сыхуэзэмэ»,- жиIэу.
ЦIыху дахэ зыфIэмыфI щыIэкъым. Владимири арат — дэнэ кIуами апхуэдэ къигъуэтырт, газетым къыщимыгъэсэбэпынуми трихырти: «Феплъыт мыбы и дахагъым!», — жиIэу дигъэгъэщIагъуэрт — ар цIыхубз е цIыхухъу ирехъу. Балэбанэу хуэпа, зи пащIэжьакIэ зэщIэкIа, зи щхьэц етхъужьа цIыхум я сурэт къытхуихьыртэкъым, зригъэхуапэрт, зригъэгъэкъабзэрт. «Сурэтыр фэеплъу къонэ», — жиIэрт. Хэт фэеплъ Iей хуейр? Нэхъыщхьэ дыдэращи, Щомахуэм и сурэтхэм псэ яхэтщ. Ар куэдым къемыхъулIэ Iэзагъэщ.
НэгъуэщI сурэт гуэрхэри зэхуихьэсырт Володя. Ахэр мо зи гугъу сщIа цIыхухэм зыкIи ещхьтэкъым — я теплъэкIи, дуней тетыкIэкIи. Мылажьэ (нобэ хуэдэу лэжьапIэншэр куэдакъым абы щыгъуэ, хуейм IэнатIэ игъуэтырт), фадэм дихьэхахэм, зи пащIэ-жьакIэ зэщIэкIэжахэм я сурэт, дауи, теддзэртэ-къым, ауэ ахэр щытрихам ихьыжурэ зылъа-гъупхъэу къалъытэхэм я пащхьэ ирилъхьэжырт «дэнэ фэ фыздэплъэр?» яжриIэу.
Щомахуэ Владимир, сурэттехыр и пщэм илъу, пхъуантэр и плIэм идзауэ здынэмыса къуажэ, губгъуэ республикэм иIэкъым. Ари мызэ-мытIэу. Дэнэ кIуами цIыху гуащIафIэхэр, дуней тетыкIэ дахэ зиIэхэр къигъуэтырт. Ар гъэщIэгъуэнт — цIыхуфI къэгъуэтыкIэ ищIэрт. Ари езыр зэрыцIыхуфIым къыхэкIыу къыщIэкIынт — гурэ гурэ лъагъуэ зэхуаIэщ, жаIэ. Я гурыщIэр зэрыкъабзэм ещхьу, абы и лIыхъужьхэм я нэгури нэхутхьэхут.
Мыбы нэгъуэщI зы гъэщIэгъуэни хэлът куэдым яхузэфIэмыкIыу. Володя дэнэ щIыпIэ сурэтыхьэ кIуами зыхуэзахэр къыдихьэхырт, ныбжьэгъу къыхуэхъурт. Куэдрэ къэхъурт телефонкIэ къэпсалъэхэу абы къыщыщIэупщIэ, командировкэ яхуэдгъэкIуэну къыщыдэлъэIу. Щомахуэми щытригъэзэжри мащIэтэкъым. Абы щыгъуэми, нэхъапэм ятриха сурэтхэр хъушэу яхуигуэшыжырт, пщIэ къаIимыхыу. Сурэттеххэм япыщIахэр щыгъуазэщ абыхэм сурэт тыжын я гуапащэу зэрыщымытым, псом хуэмыдэу, ар пщIэншэмэ. Ар къызыхэкIыр сурэтхэр езыхэм я жып къикI ахъшэкIэ зэращIырт, армыхъумэ, я нэпсеягъэу арагъэнкъым.
Редакцэм зэрыщылэжьа зэманым абы и Iэзагъэм хэпщIыкIыу хигъэхъуат. Корреспондентым сурэту трихыр, дауи, тезыдзэфын газет щыIэтэкъым. Губгъуэм кIуамэ, е зэIущIэшхуэ гуэр екIуэкIыу ирагъэблэгъамэ, щытрихахэр зэхидзыжырти, щхьэхуэу игъэтIылъырт. Абыхэм яхэлът республикэм и унафэщIхэм, литературэм, гъуазджэм я лэжьакIуэхэм, щIэныгъэм и IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм пэрытхэм ятрихахэр. КIэщIу жысIэнщи, Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхыдэм щыщ пычыгъуэу езыр зыхиубыдам нэхъ гъэщIэгъуэну, купщIафIэу къыщыхъуахэр «уахътыншэ» ищIырт, щIэблэ къытщIэхъуэм нэIурыту ялъагъужын хуэдэу.
Куэдым ящIэжу къыщIэкIынщ Щомахуэ Владимир и сурэт гъэлъэгъуэныгъэу КъБР-м и Журналистхэм я союзым къызэригъэпэщауэ Печатым и унэм къыщызэIутхауэ щытар. А махуэр ди журналистикэм и ма- хуэшхуэу щытащ. Абы теухуа гуфIэгъуэм кърихьэлIат Къэбэрдей-Балъкъэрым и унафэщIхэр, щэнхабзэм и лэжьакIуэ куэд дыдэ.
Дэтхэнэ мыпхуэдэ гъэлъэгъуэныгъэми хуэдэу, а выставкэм Щомахуэ Владимир щызэхуихьэсыжат иужьрей илъэс зыбгъупщIым триха сурэт нэхъыфIхэр, къуажэдэсхэмрэ къалэдэсхэмрэ я IуэхущIафэхэм теухуауэ газетхэм мыкIуахэри, адыгэ, балъкъэр, урыс тхакIуэхэм, артистхэм, художникхэм я портретхэр, къэрал мыхьэнэ зиIэ зэIущIэу Налшык щекIуэкIахэм щытрихахэр, нэгъуэщI куэди. Иджыпсту хуэдэу ноби си нэгу щIэтщ Адыгэ Республикэм и президенту щыта Джарым Аслъэн и сурэтыр. Цей фIыцIэ зыщыгъ адыгэлI щыпкъэм екIупсырт сурэт лъаб-жьэм щIэт псалъэхэри: «Кавказым бэIутIэIу щымыIэж хъуа нэужь, сэ мы псэлъапIэм фащэ хужь сщыгъыу сыкъи-хьэнщ».
Балъкъэр усакIуэ Кулиев Къайсын и образыр къыщызэкIуэцIихырт ар къэпсалъэу триха сурэт гупым. УсакIуэм и псэлъэкIэр, и Iэ щIыкIэхэр, къыжиIэм тещIыхьауэ и нэгум зэрызихъуэжыр… Мы сурэтхэр зэщIыгъууи зырызури куэдрэ тра-дзащ, сыт щыгъуи цIыхухэм ягу ирихьу, щытхъу тражыIыхьыу.
Мы гъэлъэгъуэныгъэр Володя къызэрехъулIам и щыхьэтщ иужькIэ республикэм и районхэм яшэурэ .
Абы нэмыщIкIэ Щомахуэр жыджэр дыдэу хэлIыфIыхьащ, пэжу жыпIэмэ, и фIыщIэщ, «Кавказыр ди зэхуэдэ унэщ» фIэщыгъэцIэр иIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым я журналистхэм я союзхэм къызэрагъэпэща сурэт гъэлъэгъуэныгъэм иIа ехъулIэныгъэр. Зэлъэпкъэгъухэр зэрыубыдыжыным, зэш республикэхэр экономикэ, щэнхабзэ я лъэныкъуэкIэ зэрызэдэлажьэр егъэфIэкIуэным траухуа гъэлъэгъуэныгъэр Кавказ Ищхъэрэм и республикэ псоми я къалащхьэхэм щыIащ.
Володя лэжьыгъэ фIэкIа Iуэху зимыIэ цIыхуу щытакъым. Сыту жыпIэмэ, ар гъащIэр фIыуэ зылъагъу, ныбжьэгъу зи куэд, гушыIэ дахэ зыхэлъ цIыхуу дунейм тетащ. Жьым я шынэхъыщIэу, щIэм я шынэхъыжьу псэурт. АпхуэдизкIэ цIыху куэд абы и лэжьапIэ пэшым щызэблэкIырти, къэщIэгъуейт ар лэжьапIэ щихуэр. И Iэнэри зэтет зэпытт — къыхуеблагъэр шеибжьэ иримыгъафэу щыщIигъэкIыжа къэхъуауэ схужыIэнкъым, апхуэдизкIэ ерыскъыкIэ жумартти. «Ей, мы адыгэм къамыгупсыса сыт щыIэ, кофе жыпIэми, нэгъуэщI зыгуэрхэр хэту!» — жиIэрти и шейнычыжьыр тригъэувэрт. Iэмал имыIэуи анекдот зытIущ яжриIэнт, езыми гукъыдэжышхуэ дигъуэту. Володя гушыIэу ищIэм щIэи гъуни иIакъым. Нэху щыху убгъэдэсами, пщэдджыжьым щIэрыпсу уригъэдэIуэнт. Дэнэт къыздрихыр? «Уэ зэхэплъхьэрэ?» деупщIамэ, къызэрылъэлъу дыхьэшхырт, «сэ схуэдэкъэ ахэр зэхэзылъхьэр» жиIэу къригъэкIыу.
Щомахуэм и гушыIэ хъыбархэм псори яфIэфIыпсу едаIуэрт, зи жагъуэ зыщI къахэмыкIыу. Я жагъуэ ящIыни яхэттэкъым абыхэм — лъэпкъ гуэрхэр зыгъэлъахъшэ, цIыхур зыгъэулъийтэкъым ахэр, щIэнэкIалъэхэм, хьэл мыхъумыщIэхэм ятеухуауи щрети. ЦIыхухэр зэригъэдыхьэшххэм яхэтт езым и щхьэм, и Iыхьлыхэм къащыщIахэри. Зи ауан зымыгъэпщкIу цIыхум и псалъэ, уэ дауэ уи жагъуэ пщIынт? Нобэми зэпа-дзыжу ныбжьэгъурэ жэрэгъуу иIам а гушыIэхэр яIуэтэж. И сурэтхэми хуэдэу, а гушыIэхэр псэущ Володя зыгъэпIейтейуэ, зыгъэгуфIэу щытахэм дигу ирамыгъэхуу. Абыхэми, Щомахуэ Владимир дунейм ехыжа нэужьи, абы и гъащIэм пащэ. КъыпхуэгуфIэу цIыхум игу укъигъэкIыжыным нэхъыфI щыIэ?
Адыгэ сурэт журналистикэм зегъэужьыным Щомахуэ Владимир гуащIэшхуэ хилъхьащ. Ар щытащ япэ адыгэ сурэттех-журналисту. Зи лэжьыгъэхэм я выставкэ япэ дыдэу къызэIузыхыфари аращ. Аращ япэ дыдэу сурэттеххэм ящыщу «Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыхь зиIэ и журналист» цIэ лъапIэр зыфIащари. ЩыIэкъым абы сурэту трихам и бжыгъэр зыхуэдизыр къыбжезыIэфын цIыху: языныкъуэхэр газет напэкIуэцIхэм уахътыншэ щыхъуащ, адрейхэр архивхэм щахъумэ, куэд дыдэ цIыху щхьэхуэхэм я альбомхэм щагъафIэ. Зыкъомри тезыхар ящыгъупщэжами, зы газет напэкIуэцIым къикIым адрейм Iэпхъуэу я щхьэ хуопсэуж. ФIыщIэ хуэфащэщ «Адыгэ псалъэ» газетым, абы и унафэщI ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. Щомахуэм и архивыр зэрамыгъэкIуэдам, зэрахъумам, ардыдэмкIи Володя и Iуэхум зэрыпащэм папщIэ.
Щомахуэ Владимир и цIэ щыжысIэкIэ, псом япэу сигу къэкIыр абы и гушыIэ дахэрщ, си нэгу къыщIыхьэр узыIэпызышэ дыхьэшхыкIэу иIарщ. Ар дэлэжьами, зэ фIэкIа Iумыплъами гуапэу ягу къагъэкIыж, Щомахуэ Владимир дунейм зэрехыжрэ илъэсипщI щрикъу мы махуэхэми.
Мэзыхьэ Борис,
КъБР-м и Журналистхэм я союзым и
правленэм и унафэщI.
Щомахуэ Владимир триха сурэтхэм щыщ
ПечатымкIэ министерствэм щекIуэкI зэIущIэм. 1990 гъэ.
Республикэм и тхакIуэхэм, усакIуэхэм я зэхуэс куэдми ирагъэблагъэрт Владимир. Мы сурэтри апхуэдэ зэIущIэхэм ящыщ зым щытрихат абы. ИжьымкIэ къыщыщIэдзауэ: Елгъэр Кашиф, КIэщт Мухьэз, Хьэх Сэфарбий, Мысачэ Петр, Щхьэумыжь БетIал, Уэрэзей Афлик сымэ. 1986 гъэм и гъатхэ.
"Адыгэ псалъэ" газетыр илъэс 70 зэрырикъур щагъэлъапIа махуэм. 1994 гъэ, мэкъуауэгъуэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28134.txt"
} |
Тхылъ плъыжьыр утыку кърахьэ
Адыгей. ТомитIу къыдагъэкIа республикэм и Тхылъ плъыжьыр Адыгей къэрал университетым и щIэныгъэ библиотекэм щагъэлъэгъуащ.
Экспертхэм къызэралъытэмкIэ, мы къыдэкIыгъуэр Урысейм щынэхъыфIхэм ящыщщ. Тхылъ плъыжьыр зэхагъэуващ ЩIыуэпсыр хъумэнымкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэм къигъэувхэм тещIыхьауэ — нэхъапэм апхуэдэ бгъэдыхьэкIэр щIыналъэм къыщагъэсэбэпу щытакъым. Урысейм и Тхъылъ плъыжьым иувэну материалхэри а пщалъэмкIэ къыхахынущ. Адыгэ республикэм и етIуанэ Тхылъ плъыжьым щызэхуэхьэсащ псэущхьэхэм ятеухуа очерк 243-рэ, Iэгъэбэгухэмрэ къэкIыгъэхэмрэ ехьэлIауэ 196-рэ. КъыдэкIыгъуэм къыщрабжэкI гулъытэ хэха хуэныкъуэ къэкIыгъэ, Iэгъэбэгу, псэущхьэ лIэужьыгъуи 146-рэ.
Тхылъ плъыжьыр зэхэгъэувэным хэтащ хамэ къэрал, урысей щIэныгъэлI 70. Адыгейм и щIыуэпс гъэтIылъыгъэхэр къэгъэсэбэпынымкIэ лэжьыгъэ псори а къыдэкIыгъуэр и лъабжьэу яубзыхунущ.
«Мэшыкъуэ-2013»-м хэтынухэр къыхах
Къэрэшей-Шэрджэс. Республикэм къыхэхын щыщIадзащ кавказпсо щIалэгъуалэ форумым хэтынухэр. Абы и пэ къихуэу Кавказ Ищхъэрэ къэрал гуманитар-техникэ академием (СКГГТА) щекIуэкIащ «Мэшыкъуэ-2013» зэIущIэм и проектхэм я жармыкIэ.
Iуэхугъуэм и мыхьэнэ нэхъыщхьэр республикэм и щIалэгъуалэр проект зэпеуэм хуэгъэхьэзырынырщ, абы хэтыну лэжьыгъэ нэхъыфIхэр къыхэхынырщ.
МахуищкIэ унэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм теухуа мастер-классхэр ирагъэкIуэкIащ. Ятха проект 700-м щыщу нэхъыфI дыдэу 220-р Къэрэшей-Шэр-джэсым къыбгъэдэкIыу форумым щагъэлъэгъуэнущ.
Гъатхасэр и кIэм нагъэс
КъШР-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм и къудамэм и унафэщI Пронозэ Николай зэрыжиIамкIэ, республикэм и аграриехэм гъатхасэр яухащ. Ар тращIащ гектар мини 103,4-м икIи нэгъабэ елъытауэ проценти 3-кIэ ар нэхъыбэщ.
Мы гъэм нартыху жылэр хагъэзэгъащ гектар мин 44,2-м. Нэгъабэ елъытауэ абы иубыдащ процент 17,5-кIэ нэхъыбэ гъавэ щIапIэ. Пронозэ къызэрыхигъэщамкIэ, илъэс кIуам нартыху бэв къызэрырахьэлIам ахэр тригъэгушхуащ икIи нэхъыбэжкIэ мэгугъэ. Абы къызэригъэлъэгъуащи, фошыгъу жэгундэр гектар мини 7-м, кIэртIофыр гектар мин 17-м нэблагъэм, хадэхэкIыр гектар мини 2,2-м тращIащ, сэхураным иубыдащ гектар мин 16,4-рэ. КъищынэмыщIауэ, мэкъумылэхэр трасащ гектар мин 15-м нэблагъэм, соем гектар 700 хухахащ, илъэс куэдкIэ къэкI удзхэм гектар мини 4,6-рэ яубыдащ.
УЭРДОКЪУЭ Женя.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28143.txt"
} |
Нобэ
Тутын емыфэным и дунейпсо махуэщ
Урысей уэчыл IэнатIэм и махуэщ
Урысей Федерацэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и органхэм балигъ мыхъуахэмкIэ я къудамэхэм я махуэщ
Къэзахъстаным щагъэлъапIэ политикэ залымыгъэ зыкIэлъызэрахьэу хэкIуэда-хэм я фэеплъыр.
Белоруссием и къалащхьэ Минск щокIуэкI Къэрал Щхьэхуитхэм я Зэгухьэныгъэм хэтхэм я правительствэхэм я унафэщIхэм я Советым и зи чэзу зэIущIэр.
Философие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Шэвлокъуэ Вячеслав и ныбжьыр илъэс 65-рэ ирокъу.
КъБР-м щIыхь зиIэ и дохутыр Къарэнашэ Iэминат къыщалъхуа махуэщ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 25 — 26-рэ, жэщым градус 17 — 18 щыхъунущ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28144.txt"
} |
КъБР-м и унафэщIхэм ирагъэкIуэкI лъэпкъ политикэр нэгъэсауэ зэпэлъытащ
КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен хэтащ УФ-м ШынагъуэншагъэмкIэ и советым и секретарь Патрушев Николайрэ УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэ Хлопонин Александррэ Пятигорск къалэм щрагъэкIуэкIа зэIущIэм. Абы щытепсэлъыхьащ Кавказ Ищхъэрэм хиубыдэ щIыналъэхэм лъэпкъ зэныкъуэкъуныгъэхэр къыщымыгъэхъунымкIэ дяпэкIи зэфIэгъэкIыпхъэхэм.
«Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъхэм я зэхущытыкIэхэм иджыри гугъуехь куэд хэлъщ, ауэ 90 гъэхэм щыIахэм хуэдэ зэпэщIэувэныгъэ ткIийхэр абыхэм яку къыдэхъуэркъым. Ар зи фIыщIэр субъект псоми я унафэщIхэм икъукIэ лэжьыгъэшхуэ зэрырагъэкIуэкIырщ», — къыхигъэщхьэхукIащ Патрушев Николай.
Къэгъэлъэгъуапхъэщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и унафэщIхэм лъэпкъ политикэр сыт и лъэныкъуэкIи егупсысауэ икIи зэпэлъытауэ зэрырагъэкIуэкIыр. Къэрал властым и органхэр жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм быдэу зэрапыщIам къыхэкIыу, лъэпкъхэм я зэхущытыкIэхэр зэIызыгъэхьэнкIэ хъуну сыт хуэдэ Iуэхури тэмэму къызэранэкIыф. Мы IэнатIэм хуэгъэза политикэр республикэм и властхэм зэтрагъэувэ лъэпкъхэр я псэукIэкIи хабзэкIи зэрызэпэгъунэгъур, я къекIуэкIыкIэкIи щыпсэу щIыналъэкIи ахэр зэпыбгъэщхьэхукIыну Iэмал зэримыIэр, ижь-ижьыж лъандэрэ ди лъэпкъхэм мамырыгъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ пщIэшхуэ зэрыхуащIыр и лъабжьэу.
Лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм я лIыкIуэу республикэм щыпсэухэм я зэIущIэхэр къызэрагъэпэщ, ахэр зэкIэлъокIуэ икIи зэщIыгъуу щIалэгъуалэ проект зэмылIэужьыгъуэхэр ягъэзащIэ, а псори хуэунэтIащ адыгэ, балъ-къэр, урыс жылагъуэхэм дэс щIалэгъуалэм я зэпыщIэныгъэхэр гъэбыдэным.
КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэм я пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28147.txt"
} |
Зыгъэпсэхугъуэ махуэм
Фэ фщIэрэ?
Псалъэхэм я мыхьэнэр
БэлътокукIэрыщIэ. Фызышэм хэта хьэщIэхэр пщIантIэм щыдэкIыжкIэ, абыхэм я шы сокухэм бэлътокуми IэлъэщI цIыкIуми хэгъэрей хъыджэбзхэм хащIэрт. Хабзэр Къэбэрдей псом щагъэзащIэрт. Иджы бэлътокухэр, данэщагъэхэр шыхэм я пIэкIэ машинэхэм кIэращIэ.
Бэракъбла. Нэчыхьытх къэкIуахэр щыдэкIыжым и деж, бэракъым дэ пыIэ, дэ джанэ, щхьэфIэпхыкI, бэлътоку, дыху, мажьэ, кIэнфет, н.къ. кIэрыщIауэ иратырт, здэкIуэж унагъуэм яхьыну. Ар хьэзыру блауэ щхьэгъусэ къэзыша щIалэм и адэ шыпхъум, хьэгъуэлIыгъуэм къыщыкIуэкIэ къыздихьырт. Нэчыхьытх икIыжхэм бэракъыр псоуэ яшэну хэтт, къахуэзэхэм ар трахыну яужь итт. Бэракъбла яхьу щытащ XX лIэщIыгъуэм и 50 -60 гъэхэм къэсыху, дызэрыт зэманым абы узэрырихьэлIэр зэзэмызэххэщ.
БгъуэщIэс. Адыгэ Iэнэм ехьэлIауэ хабзэ зыгъэзащIэ цIыху. ГуфIэгъуэ, хьэгъуэлIыгъуэ щекIуэкIкIэ, Iэнэм пэрысхэр, хьэщIэхэр зыхуей хуигъазэу абы егъэбыдылIа цIыхум «БгъуэщIэскIэ» йоджэ. Языныкъуэ куейхэм «бгъуэщIэсым» и пIэкIэ «щхьэгъэрыт» псалъэр къыщагъэсэбэп.
Бгъурытыбжьэ. Унэишэм деж, нысащIэм ибгъу зырызымкIэ щыту, ар гуащэмрэ адрей цIыхубз нэхъыжьхэмрэ ятезыгъэхьэ бзылъхугъитIым «Пхъужь къафэм» щIидза иужь, бжьэрэ шхын тепщэч зырызрэ «уэредадэ» жызыIэ цIыхухъухэм ират. Абы зэреджэр «Бгъурытыбжьэщ».
Ди зэманым хабзэр щIыпIэ псоми щагъэзащIэжыркъым, хэхауэ «БгъурытыбжьэкIэ» еджэу къафапщIэ щатыр Аруан районым ис къуажэхэрщ.
Бгъурышасэ. Жылагъуэ зэхэтыкIэм ехьэлIа хабзэ къэзыгъэлъагъуэ, ауаныбзэм къыхэкIа псалъэщ. Пасэм щыгъуэ и Iуэху къигъэнауэ, пщыжь-уэркъыжьхэм ядэшасэу, къыдакIухьу зэманыр пщIэншэу зыгъэкIуэд цIыхухэм ярищIэнакIэу адыгэхэр «БгъурышасэкIэ» еджэу щытащ.
Думэн Хьэсэн.
ГушыIэ
ЗэхэпIытIа IэфI
Иужьрей зэманхэм Шэрыуэжь фадэм тIэкIу дихьэх зэрыхъуам тегузэвыхь анэм хамэ къуажэ щыщ фыз гуэрым жиIэу зэхихат, аркъэ хэкIауэ шху зэхэпIытIа ебгъэшхмэ, занщIэу абы гущыкI хуищIу, IэкIэ теIэбэу узыр зыщхьэщаха сымаджэм хуэдэу.
КъызэрыжраIам хуэдэу ищIри, махуэ гуэрым шэджагъуашхэ къыдыхьэжа и къуэм шху зэхэпIытIар хутригъэуващ, аркъэ пэлыщтоф ныкъуэр хэкIауэ…
— ЗэрыIухуэу иджыпсту гущыкI хуищIынущ! — анэм и щхьэм хужеIэж, пщэфIапIэм къыщIэкIыжарэ, къэхъунум пIейтейуэ пэплъэу здэщытым. — ДехъулIатэкъэ итIанэ! Езыри, сэри, и унагъуэри дытыншыжынт, псалъэмакъ лей дыхэмытыжу. Абы къилэжь сомри хэкIуэдыкIыншэу унагъуэм къихьэнт. Нэхъыщхьэжращи, щIалэм и узыншагъэр зэфIэувэжынт, и щIыхь, и пщIэ, и нэмысри къэIэтыжа хъунт… Ауэ «зэхэпIытIам» си къуэм зыгуэр къримыщIэну пIэрэ? Хущхъуэ хуэхъуным и пIэкIэ, «зэхэпIытIар» щхъухьу къыщIэкIмэ, дауэ хъуну? ИтIанэ щхъуэ есхыжауэ аракъэ си щIалэм…си кIэтIий кIапэ къикIа си быным?.. Адыдыд! Алыхьым жимыIэкIэ! Тхьэм ар къысхуимыхькIэ!..
Гузавэу къыщIэпхъуа анэр пщэфIапIэбжэм къызэрысу зэщIэувыIыкIащ, зыIурыбзаежу къежьэжа и къуэм Iууэри.
— Сыту зэхэпIытIа IэфIыIуэ сыбгъэшха-тIэ! — жеIэ Шэрыуэжь, и Iэ хьэлъэр и анэм и пщэм къришэкIыурэ. — КхъыIэ, ди анэ, дяпэкIи апхуэдэ схуэщIурэ сыгъэшх!..
ЛIыгъур Чэрим.
Сабиигъуэ насыпыфIэ
Мы зыкъытхуэзыгъафIэ Цей Даринэ цIыкIу дыгъуасэ къиухащ Налшык дэт 14-нэ сабий садыр. Пщащэ щIыкIафIэ цIыкIум и гъэсакIуэхэри, и нэхъыжьхэри зэригъэгуфIа ехъулIэныгъэхэр и мащIэкъым. Абыхэм ящыщщ къалэ сабий садхэм ирагъэкIуэкIа зэпеуэм адыгэбзэмкIэ япэ увыпIэр къызэрыщихьари.
Шэч къытетхьэркъым Даринэ цIыкIу зыхэтхэм дяпэкIи фIыкIэ къазэрыхэщынум, егугъуу зэреджэнум икIи узыншэу, насыпыфIэу куэдрэ псэуну ди гуапэщ.
Псалъэжьхэр
Унэ зимыIэ бей щыIэкъым
Мыгъуащэрэ щымыуэрэ щыIэкъым.
Насыпыр Iыхьэ мыгуэшщ.
Нащэр мыхъунумэ, кIэрэф мэхъу.
Псэ зиIэм уахъты иIэщ.
Псыр гъужми, жапIэр къонэ.
ПщIаIамэ, бгъуэтыжынщ.
Унэ зимыIэ бей щыIэкъым.
Уи насып зыхэлъыр хым хэлъми, къыхэкIынщ.
ЖыIэгъуэхэр
КъыфIэхуащ езым и щхьэм аркъэн
— Си узыншагъэр къутащ, — жеIэ Мысхьуд, — Сызэфэри мыаркъэ пуд.
Зэрыдэн мастэ имыгъуэтым, КIуэнущ занщIэу Хьэрыпым.
Дэмылъми и пщэм бжьы, ИщIащ бын мыхъумыщIэм жьы.
Стэкан нэщIым зытрегъэгусэ, Из ящIамэ, зримыусыгъуэджэ.
НэгъуэщIым хуидзати къапхъэн, КъыфIэхуащ езым и щхьэм аркъэн.
Къардэн Мухьэмэд.
Бахъсэн район, Ислъэмей къуажэ
ЗыгъэкIуэдыфын щыIэкъым
ГъащIэр гъэщIэгъуэнщ! Дауэ хъуми, дауэ щIэми, гъащIэм хэкIыпIэ къегъуэт. Ар зыгъэкIуэдыфын къару щыIэкъым. Муслъымэн диным емызэгъыу зэрилъытэм къыхэкIкIэ, адыгэхэм сурэт ящIу щытакъым. Ауэ я гурылъхэмрэ я мурадхэмрэ мыкIуэдыжу дунейм къытрагъэнэн щхьэкIэ, алэрыбгъухэм, арджэнхэм, упщIэхэм сыт хуэдэ тхыпхъэ гъуэзэджэхэр хащIыхьу щыта! ДыщэрыдэкIэ сыт хуэдэ хэдыкI гъуэзэджэхэр ящIу щыта! Тэрэфарэ дахэу, зэщIэпщIыпщIэжу, зэщIэлыдэжу дарий бостейхэмрэ дыщэ пыIэхэмрэ хадыкIырт. Шылэхъархэм сыт хуэдэ тхыпхъэ дахэ хащIыхьрэт. Кистрэ краскэкIэ ящIыну зыхуимытыр мастэрэ IуданэкIэ хадыкIырт.
Теунэ Хьэчим.
Нэщэнэхэр
Щхьэц тхъуар къытевмыч
Шхыныр шыугъэ яIэщIэщIэмэ е шыгъу иракIутмэ, унэм къаугъэ къихъуэну къалъытэрт.
Щхьэц налъэ тхъуа къыхэпчыну фIыкъым.
Щхьэцышхуэр насып пэлъэныкъуэщ жаIэрт.
Iэгур шхэмэ, ахъшэ къыхэхъуэнущ жаIэрти, фIэрафIэм и натIэм щахуэрт.
Хъыбарыжь
АдрыщI шу
… Мыпхуэдэ хъыбар яIуатэу зэхэсхащ, пцIыи пэжи, тхьэм ещIэ. Зэрызэхэсхам хуэдэу вжызоIэж. Хуейми ирепэж, хуейми ирепцI — ара-тIэ, нэхъыщхьэр? Аракъым. Ящыгъупщэркъым — аращ нэхъыщхьэр…
Кърым хъаныр дзэшхуэ щIыгъуу Къэбэрдейм къихьат. «Къэбэрдейхэр жыIэмыдаIуэ хъуащ. ЗывэзгъэцIыхужынкъэ!», — жери къэгубжьри къэкIуат.
КъакIуэри Гум Iуфэ къыIутIысхьащ, и дзэр псы Iуфэм Iут мэз лъагуэм щIигуэшащ. Псым къызэпрыкIын тегушхуэртэкъым: мыдрыщIкIи мэзщ, къэбэрдейхэм ар тIысыпIэ ящIауэ къыпэплъэмэ ищIэрэ? Сыт хуэдиз зауэлIи ягъэшэсыфауэ пIэрэ? Я къару здынэсыр умыщIэу уапэув хъурэ?..
Хъаныр псы Iуфэм къыIутщи, къоплъэ. Къэбэрдейхэми зыкъагъэхъейркъым, езыми ярикуркъым. Псым узэпрыплъмэ, мэзым Iугъуэ мащIэ адэ-мыдэкIэ къыхеху, къэбэрдейхэр къызэрыпэтIысам шэч хэлъкъым. Ауэ дапщэ хъурэ къапэтIысар? Ныжэбэ тIасхъэщIэх игъэкIуати, къигъэзэжыркъым…
Хъаныр жыг къуагъым къыкъуоплъ, псым зэпроплъри щытщ. «Дзэр есшэжьэнт, псым адрыщIкIэ щысхэм я бжыгъэр сщIатэмэ…» — и щхьэм щIотIахъуэ хъаныр…
АдрыщIкIэ шу гуэр псы Iуфэм къыIухьащ. КъыIухьащи, шыр егъэ-джэгу, псы Iуфэм Iут удзыпцIэр еутэ.
Хъаныр, Iэдакъэжьауэ ищIри, псым зэпрыплъащ. «Ар къытIэрыхьатэмэ, къедгъэIуэтэнт…», — и щхьэм хужиIэжурэ кIэлъоплъ шум.
Шур мэджэгу, шыр егъатхъуэ.
— Къафщтэт си фочыр!
Хъаным и фочыр къыхуахь.
АдрыщIкIэ щыджэгу шум трегъапсэри кIакхъур щIеч.
Шур, щхьэщIыбкIэ йощIри, уанэгум йоджалэ…
Хъаным зы зауэлI зыбгъэдешэ:
— КIуэи, и псэр хэмыкI щIыкIэ, къызэпрых: абы къедгъэIуэтэнщ къытпэтIысам я бжыгъэр…
Хъаным и зауэлIыр, шым зредзри, псым зэпроцIэфт. Уанэгум къилэл шур къипхъуэтэну щыIэбэм, модрейр къопхъуэри хъаным и зауэлIыр еубыд, шыплIэм дедзэри мэзым щIохьэж…
ЕтIуанэ махуэм хъаным и дзэм нэху къытещхьащ, адрыщIым исахэм къаувыхьауэ…
Зытхыжар Къэрмокъуэ Хьэмидщ.
Псалъэзэблэдз
ИхъуреягъкIэ къикIухьу: 13. Щхьэгъусэ къэзышам и благъэщIэ. 14. Зауэм щытекIуам бийм ейуэ къыIэрыхьа мылъку. 15. ХадэхэкI. 16. КIуащ БетIал и поэмэ. 17. ПIастапхъэ. 18. Нобэрей махуэм сылъэуджыджати, си лъакъуэхэм … ящIащ. 19. Илъэс зы-тIу зи ныбжь шыщIэ. 20. Шейхэдзэ. 21. … техьэ тенэркъым. 22. Къуажэ пщIантIэхэм дэт псэуалъэ, къуэдзапIэ. 23. Къэзыша щIалэм къыкъуэт и ныбжьэгъу. 24. Гуэгушыхъум, къазыхъум я бгъэм тет пшэрыпIэ. 25. ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей драмэ театрым и джэгуакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ артисткэ. 26. ПкIауэ лъэпкъ, макъ псыгъуэкIэ зэкIэлъигъэпIащIэу джэуэ е адыгэ бзылъхугъэ уэрэджыIакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыхь зиIэ и артисткэ. 27. Унэ блын щызэтралъхьэкIэ захуэ хъурэ мыхъурэ зэреплъ Iэмэпсымэ. 28. Къамылым къыхэщIыкIа алэрыбгъу, лъэгурыдз. 29. Адыгэ къуажэшхуэ. 30. « … къута» — КIыщокъуэ Алим и роман. 31. Хьэжыгъэм къыхэщIыкIа адыгэ шхыныгъуэ. 32. ПамыупщIу гъэ техьа удз. 33. Бжэныфэм къыхащIыкI Iуданэ. 34. ХьэщIэ лъапIэм хуаукI Iэщ. 35. Унагъуэ псэущхьэ щхьэзыфIэфI. 36. Дзыгъуэм жэнэт щIыпIэу ибж нартыху хъумапIэ. 37. Джыдэм зэреджэ нэгъуэщIыцIэ. 38. Жыг лъагэшхуэ. 39. ЛIыфI къуэфI … . 40. ТхылъымпIэм итыр зэрыпэжым щыхьэт техъуэ дамыгъэ. 41. Iэщ цIыкIу дырийпсырий. 42. … джанэ. 43. МахуэцIэ. 44. Танкым ит Iэщэ. 45. ЕуэкIыпIэ. 46. ЛъахъшапIэ щIыпIэ. 47. … -хамащхьэу ущымыт, къакIуэ, къыщIыхьэ. 48. Жыг къэтIэпIам и нэщэнэ. 49. Лъапэ зыпымыт щыгъын лIэужьыгъуэ. 50. ПсыпцIэ къуалэбзу, пщэ кIыхьрэ лъакъуэ кIыхьу. 51. Адыгэ таурыхъхэм узыщрихьэлIэ фызыжь хьилэшы. 52. … бостей.
И кумкIэ кIуэуэ: 1. Дунейм ехыжам и цIэкIэ тхьэмыщкIэхэм ират ахъшэ. 2. Адыгэ бзылъхугъэ уэрэджыIакIуэ, РСФСР-м и цIыхубэ артисткэ. 3. Псы, гъэш зэрахъумэ кумбыгъэ. 4. Къыдалъхуауэ цIыхум и щIыфэм хэтщ. 5. Хугу хьэжыгъэм, тхъум, фошыгъум къыхэщIыкIа адыгэ шхыныгъуэ. 6. Дыгъужьыр бэлацэу къызыщыхъу хьэкIэкхъуэкIэ, фо фIэфIу. 7. … зытI йохуэж. 8. Адыгэ усакIуэ … Арсен. 9. Нартхэм я гъукIэ. 10. Анэкъилъху. 11. Ди гъунэгъум есщIар сщIэркъым, тхьэмахуэ хъуауэ … къызет. 12. Адыгэ композитор, Урысей Федерацэм и Къэрал саугъэтыр зрата.
Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ.
Гу зылъытапхъэ: ихъуреягъкIэ къэзыкIухь псалъэхэм зым и кIэухыр къыкIэлъыкIуэм и щIэдзапIэщ. Щапхъэ: жэм — мыл — лэч.
Накъыгъэм и 25-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
ИхъуреягъкIэ къикIухьу: 13. Щыхь. 14. ХьэмкIэшыгу. 15. Гуэбэнэч. 16. Чын. 17. Налмэс. 18. Сэмб. 19. Бырыб. 20. Борис. 21. Сэлэт. 22. Топ. 23. Псыф. 24. Фо. 25. Оман. 26. Нэбгъэф. 27. Фэтэр. 28. Пшэр. 29. Рим. 30. Медан. 31. Нэгъуд. 32. Дыд. 33. Джэш. 34. Шэрэдж. 35. Джэдыгу. 36. Губгъэн. 37. Нэпкъ. 38. Къамбот. 39. Тырку. 40. Къута. 41. Азэн. 42. Номин. 43. Ныш. 44. Шэпхъ. 45. Хъэ-уан. 46. Нау. 47. Уэм. 48. Мы. 49. Арму. 50. Уэтэр.
И кумкIэ кIуэуэ: 1. Гуэгуш. 2. Ашэмэз. 3. Къубын. 4. Гъунэгъу. 5. Бэрэгъун. 6. Гъубжэ. 7. Аркъэ. 8. Алабгъуэ. 9. Iупхъуэ. 10. Балъкъ. 11. Агънокъуэ. 12. Утыку.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28151.txt"
} |
Нобэ Сабийхэр хъумэным и дунейпсо махуэщ
Насып щыгъэ
Дэтхэнэ къэралми и зэIузэпэщыныгъэр псом япэу къызэралъытэр абы сабийм, анэм, унагъуэм щаIэ пщIэрщ, гулъытэрщ. Унагъуэр жылагъуэм и Iыхьэщ, сабийр унагъуэм и хъугъуэфIыгъуэщ, насып щыгъэщ. А фIыгъуэхэр хъумэныр, щIэблэм я хуитыныгъэхэр, я узыншагъэр, я гъащIэр зэIузэпэщ щIыным гулъытэ хэха хуэщIыныр — ар мыхьэнэшхуэ зиIэ къэралпсо Iуэхущ. Зи щхьэ пщIэ хуэзыщIыж дэтхэнэ къэралми жылагъуэм щызэфIих лэжьыгъэ псоми сабийхэм ехьэлIахэр япэ щрагъэщ.
Сабийхэр хъумэным и дунейпсо махуэр убзыхунымкIэ япэу жэрдэм къыхэзылъхьар ЦIыхубзхэм я дунейпсо демократие федерацэращ. Бзылъхугъэхэм къаIэта IуэхугъуэщIэр диIыгъащ Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм (ООН-м). 1950 гъэм мэкъуауэгъуэм и I-м ООН-м сабийхэр хъумэным теухуа унафэ щхьэхуэ къыщищтауэ щытащ. А махуэри ягъэуващ дунейпсо махуэшхуэу. Зэман дэкIри, ООН-м къищтащ япэщIыкIэ Сабийм иIэ хуитыныгъэхэмкIэ Декларацэ, иужькIэ, 1979 гъэм, Конвенцэ щхьэхуэ. Ахэр ди къэралым къыщыщалъытар 1990 гъэрщ. Нобэ а IэнатIэр шэщIауэ щолажьэ дуней псом. Сабийм и хуитыныгъэхэр зыхъумэ IуэхущIапIэхэр, къулыкъущIапIэхэр, цIыху щхьэхуэхэр куэдщ, итIани щIэх-щIэхыурэ къоIу цIыкIухэм лей къащытехьэ Iуэхугъуэхэм тещIыхьа хъыбархэр. А IэнатIэхэр я пашэу, жылагъуэр псори хущIокъу сабийм и хуитыныгъэхэр хъумэным, ар унагъуэм щыпIыным епха хабзэхэр адэ-анэ дыдэми къызэпемыгъэудыным. Апхуэдэ мыхъумы- щIагъэхэр, бзаджагъэхэр зи Iэужьхэр хабзэм ирашалIэ икIи тезырхэр тралъхьэ.
Урысей Федерацэм ткIийуэ щыкIэлъоплъ сабийхэм я хуитыныгъэр хъумэным, абыхэм щIэныгъэ, гъэсэныгъэ нэс етыным, гъащIэм лъэ быдэкIэ хэгъэувэным пыщIа Iуэхухэр зэфIэха зэрыхъ ум. Сабийхэм я хуитыныгъэмрэ абыхэм я сэбэп зыхэлъхэмрэ къащхьэщыжыныр властым и къалэн нэхъыщхьэ дыдэхэм щыщуи къыщалъытэ. А унэтIыныгъэмкIэ УФ-м и Президентым и уполномоченнэщ Астахов Павел. Ди республикэм апхуэдэ къалэнхэр щегъэзащIэ Iуэгъуз Светланэ.
Сабий зэрыс унагъуэхэм я псэукIэм блэкIа илъэсхэм фIы и лъэныкъуэкIэ зыужьыныгъэ игъуэтащ, псом хуэмыдэу сабийхэмрэ анэхэмрэ хъумэным гулъытэ нэхъыбэ хуащI хъуащ. ИлъэсиплI лъандэрэ Урысей Федерацэм и щIыналъэ псоми щолажьэ «Анэм и мылъку» программэ хэхар. Анэхэм хухах мылъкум илъэс къэс хохъуэ: сом мин 250-у къежьа дэIэпыкъуныгъэр, сабий етIуанэ (ещанэ…) зыгъуэт анэм иратым, 2013 гъэм хъуащ сом мин 408-рэ 960-рэ. А ахъшэр трагъэкIуадэ псэупIэхэр егъэфIэкIуэным, сабийхэм щIэныгъэ егъэгъуэтыным, анэхэм я лэжьыгъэ пенсэм хузэхуахьэс Iыхьэм. Шэч хэмылъу, программэр сэбэп хъуащ демографие щытыкIэр егъэфIэкIуэнымкIэ. Зи цIыху бжыгъэм хэщI зэпыт хъуауэ щыта ди къэралым а программэм лэжьэн зэрыщыщIидзэрэ ехъулIэныгъэ гуэрхэр къытхуихьащ: сабий къалъхухэм я бжыгъэр нэхъыбэ хъуащ. УФ-м и Пенсэ фондым къит хъыбарым тепщIыхьмэ, анэ мылъкум щыхьэт техъуэ сертификату ятакIэщ мелуани 3-м щIигъу. Абы уимыгъэгуфIэу къанэркъым, ауэ бын зиIэ унагъуэхэм, псэупIэншэ унагъуэщIэхэм къэралыр зэрадэIэпыкъупхъэр абдежым щызэфIэкI хъунукъым.
Бынунагъуэхэм защIэгъэкъуэныр къэрал унафэщIхэм къапэщылъ лъэпкъпсо Iуэхушхуэу щытми, абы проектышхуэхэр хуагъэлажьэми, тщыгъупщэ хъунукъым сабийхэм я узыншагъэр, хуитыныгъэхэр, уеблэмэ я гъащIэр хъумэныр, гъэсэныгъэ екIу зыхэлъ цIыху нэсу жылагъуэм хэгъэхьэныр псом япэ дэтхэнэ адэ-анэми я къалэн нэхъыщхьэу зэрыщытыр.
ЖЫЛАСЭ Маритэ.
Гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэ
Нэгузыужь икIи щIэщыгъуэ
Республикэм и сабийхэм я узыншагъэр егъэфIэкIуным мы илъэсым сом мелуан 217-рэ хухахащ, абы щыщу сом мелуани 180-р республикэ бюджетым къыхэкIащ. А бжыгъэхэр къыхэщащ КъБР-м и Правительствэм и зи чэзу зэIущIэм республикэм лэжьыгъэмрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Тюбеев Альберт щищIа докладым.
— Мы илъэсым республикэм и лагерхэм, санаторэхэм зыщагъэпсэхунущ, я узыншагъэр щрагъэфIэкIуэжынущ сабий мин 25,5-м. Ар нэгъабэрейм нэхърэ мини 2,5-кIэ нэхъыбэщ. Псом япэу, лагерхэмрэ санаторэхэмрэ зэрыщызагъэпсэхуну тхылъхэр зратынур сабий зеиншэхэрщ, бын куэд къыщыхъу, хуэмыщIа унагъуэхэм къыхэкIахэрщ, апхуэдэу гъащIэм щытыкIэ гугъу иригъэува цIыкIухэрщ. Абыхэм пщIэншэу зыщагъэпсэхунущ лагерхэмрэ санаторэхэмрэ. ЩыIэ унафэхэмкIэ УФ-м и дэтхэнэ хэгъуэгуми и къалэнщ апхуэдэ сабийхэм я процент 54-р зэрызагъэпсэхуну тхылъхэмкIэ къызэрагъэпэщыну, — жиIащ Тюбеев Альберт.
АдэкIэ, абы и псалъэхэм къызэрыхэщамкIэ, мы зэманым IуэхущIапIэхэм къабгъэдэкIыу, я лэжьакIуэхэм я сабийхэм я зыгъэпсэхугъуэ зэманыр къыхузэрагъэпэщын папщIэ, къаIэрыхьа лъэIу тхылъхэр мин 12,5-рэ хъууэ аращ, ауэ гъэмахуэ лъэхъэнэм щIи- дзэмэ, а бжыгъэм хэхъуэнущ.
ЗэIущIэм къыщаIэта Iуэхугъуэхэм ящыщщ зыгъэпсэхуакIуэ щыIэ сабийхэр шхынкIэ къызэрызэрагъэпэщыр, я узыншагъэр къызэрапщытэр, я шынагъуэншагъэм зэрыкIэлъыплъыр. Министрым къызэрыхигъэщамкIэ, санаторэм щыIэ сабийм зы жэщ-махуэм сом 750-рэ, лагерым — сом 536-рэ хухах. Абы щыщу сом 214-р абыхэм я шхыным токIуадэ. Сабийхэм зыщагъэпсэхуну IуэхущIапIэхэм Iэмал имыIэу хуагъэув къалэнхэм ящыщщ шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыныр, абыхэм видео кIэлъыплъыныгъэхэр щыIэн хуейщ. ЦIыкIухэм я узыншагъэр егъэфIэкIуэныр гулъытэ нэхъ зыхуащIхэм ящыщщ, абы и лъэныкъуэкIэ Налшык и санаторэхэм яIэ Iэмал псори къагъэсэбэпынущ. Я зыгъэпсэхугъуэ зэманыр нэгузыужьу икIи щIэщыгъуэу зэрырагъэкIуэкIынур яубзыхуащ, ар хуэунэтIащ щэнхабзэм, спор- тым епха Iуэхугъуэхэм сабийхэр драгъэхьэхыным.
ТХЬЭХУЩЫНЭ Ланэ.
Псапэ
ЕджапIэм тыгъэ хуэщI
КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм и жэрдэмкIэ накъыгъэм и 30-м щегъэжьауэ мэкъуауэгъуэм и 10 пщIондэ республикэм и еджапIэхэм щекIуэкIынущ «Тхылъыр школым тыгъэ хуэщI» псапащIэ Iуэху.
Абы и къызэгъэпэщакIуэхэм апхуэдэ щIыкIэкIэ я мурадщ школ библиотекэхэм я фондыр зэрырагъаджэ литературэхэмкIэ хагъэхъуэну, апхуэдэуи бынунагъуэшхуэхэм, унагъуэ хуэмыщIахэм къыщыхъу сабийхэр зэреджэну тхылъхэмкIэ пщIэншэу къызэрагъэпэщыну.
ПсапащIэ Iуэхум гупыж зыщI дэтхэнэри хэтыфынущ. Псалъэм папщIэ, мы гъэм школыр къэзыух ныбжьыщIэхэм я тхылъхэр щеджа школым и библиотекэм тыгъэ хуащI хъунущ. Ар Iуэху гуапэщ икIи сэбэп зыпылъщ.
НЫБЭЖЬ Таисэ.
Адэ-анэхэм папщIэ
Дыщэ пхъуантэр щIэблэм къахузэIуфх
Ди адыгэ IуэрыIуатэм увыпIэ ин дыдэ щеубыд икIи мыхьэнэшхуэ иIэщ лъэпкъ гъэсэныгъэм. КъытщIэхъуэ щIэблэм я акъылымрэ гупсысэмрэ убзыхунымкIэ, лъэпкъ хабзэмрэ нэмысымрэ, щэнымрэ нэщэнэхэмрэ ятеухуа щIэныгъэ ябгъэдэлъу къэгъэтэджынымкIэ а хъугъуэфIыгъуэр хэкIыпIэ гъуэзэджэщ.
Дэтхэнэ адэ-анэми бын пIынымрэ гъэсэнымрэ, шэч хэмылъу, къыщегъэсэбэп игъащIэ лъандэрэ адыгэхэм къыддэгъуэгурыкIуэ псалъэжьхэр, къуажэхьхэр, псалъэ шэрыуэхэр. Абыхэм бзэр нэхъ дахэ, шэрыуэ, жан, IупщI икIи наIуэ ящI. Сабиибзэм зезыгъэужьхэм ящыщщ псынщIэрыпсалъэхэри. Я купщIэрэ гупсысэкIэ мыхьэнэшхуэ ямыIэми, абыхэм я къалэныр сабийм и бзэр псэлъэным хуэкъутэнырщ, анэдэлъхубзэм ар егъэсэнырщ, ар зэрызэхэт макъхэр хуиту къипсэлъыф щIынырщ.
Адэ-анэхэм фи пащхьэ идолъхьэ сабийхэр бзэм хуэшэрыуэ зэрыфщIын псынщIэрыпсалъэ зыбжанэ. АбыхэмкIэ цIыкIухэр бгъэджэгу хъунущ, зэпадзыжурэ, къытрагъэзэжурэ кърагъэпсэлъурэ.
Пыжь пызу пыту иту щыту жыг.
Шыбжииплъ, псы плъыжьыбзэ.
ЩакIуэ щIакъуэм щIакхъуэ ныкъуэ щIакIуэ щIагъым щIэлъу ехь.
Жэмыбгъэ бгъэгу хужь мэжьэгъуашхэ.
Лыбжьалъэ плъыжьыбзэм шыбжиищхьэ плъыжьыбзиплI къыхоплъ.
Мо шкIэ бур ди шкIэ хьэмэрэ фи шкIэ?
Мыщэр пэщащэурэ мащэм ищэтащ.
Набдзэ и набдзапцIэ фIыцIэр фIыуэ егъэцIу.
Тебэ фIыцIэм хупцIынэ цIынэ иупцIащ.
КIыгуугур хьэгуагуэ? ХьэкIагуэ кIыгуугу?
Iэпхъуалъэ фIыцIэ, псырылъэ цIу, псырылъэ фIыцIэ, Iэпхъуалъэ цIу.
Банэ папцIэ, мей цIынафэ.
Фи бори яй, ди бори яй.
Хурсэ-хурсэ ху санэ,
Санэху зэраза кхъузанэ.
Псынэ псыпс, псей дэкIей, зэпэпсыпсу дахэкIей.
Мейм мищэ щыпыщэщым щIэщэща пщIащэм мыщэ щопэщащэ.
ДжэгукIэр зи лъабжьэ мы Iуэхугъуэ хьэлэмэтым сабийхэр хуабжьу дехьэх, апхуэдэурэ, ямыщIэххэу, я бзэр къута мэхъу. ЗэрыфщIэщи, анэдэлъхубзэм и IэфIагъыр сабийм зыхегъэщIэн хуейщ, ар иджыри цIыкIу щIыкIэ. А «фоупсыр» зэ зыIурылъэдам, сыт щыгъуи абы зыхуишиинущ, хуэныкъуэнущи. Аращи, къахузэIуфх фымыщхьэхыу IуэрыIуатэ — дыщэ пхъуантэр фи бынхэм. Абы дэлъ хъугъуэфIыгъуэ мылъытэхэр ябгъэдэдвгъалъхьэ сабийхэм.
КЪАРДЭН Маритэ.
Гулъытэ
УбэуэхукIэ — фIы щIэ!
Сабийхэр хъумэным и дунейпсо махуэм и пэ къихуэу Бахъсэн куейм щекIуэкIащ «УбэуэхукIэ — фIы щIэ, упсэухукIэ — хуабагъэкIэ цIыхухэм ядэгуашэ» къыхуеджэныгъэм щIэт псапащIэ Iуэхугъуэ. Ар къызэрагъэпэщащ куейм егъэджэныгъэмкIэ и IэнатIэмрэ сабий творчествэмкIэ район центрымрэ я лэжьакIуэхэм.
Iуэху дахэр щаублащ щIыпIэ школхэм. Абыхэм къыщыхахащ сабий зеиншэхэм папщIэ ахъшэ — хэт сыт хуэдиз игу пыкIми. Ар зэфIэкIа нэужь, акцэм кърикIуар къыщызэщIакъуэж псапащIэ концерт ин ЩэнхабзэмкIэ унэм щекIуэкIащ. Ар ягъэхьэзыращ сабий творчествэмкIэ центрым и гъэсэнхэм. Бахъсэн районым хыхьэ школхэм нэмыщI, псапащIэ акцэм жы-джэру хэтащ егъэджакIуэхэм я щIыпIэ профсоюзхэр, «Урысей зэкъуэт» партым и куей къудамэмрэ абы и «ЩIэблэщIэ гвардиемрэ».
— Къызэдгъэпэща псапащIэ акцэр хуэунэтIащ сабий ныкъуэдыкъуэхэм я гъащIэр егъэфIэкIуэным, ахэр гулъытэншэу къэмыгъэхъуным, апхуэдэуи ныбжьыщIэхэр зыщыщ унагъуэхэм мылъкукIэ защIэгъэкъуэным, — жиIащ егъэджэныгъэмкIэ куей IэнатIэм и унафэщI Абрэдж Тамарэ. — ФIыщIэ яхудощI а Iуэхугъуэ дахэм къыхыхьа псоми.
ПсапащIэ Iуэхум щызэхуахьэсащ сом 171.346-рэ. Ахэр зыхуэфащэхэм иратащ.
ТАМБИЙ Линэ.
Дэ къытхуатх
Псэ хьэлэлхэр
Сэ куэдрэ къысхуихуащ еджакIуэ цIыкIухэр сщIыгъуу зыгъэпсэхупIэхэм сыкIуэну. Иджыблагъэ сабий гуп си гъусэу сыщыIащ «Лэгъупыкъу» («Радуга») санаторэм. «Адыгэ псалъэ» газетыр къэдгъэсэбэпу, сабийхэми сэри фIыщIэ яхуэтщIыну дыхуейт санаторэм и лэжьакIуэхэм, къытщIэхъуэ щIэблэм я узыншагъэм гумызагъэу кIэлъыплъхэм.
ЗыгъэпсэхупIэр дигу ирихьащ, абы зыщагъэп-сэху икIи зыщрагъэIэзэ. Абы и унафэщI Быф Беслъэн Хьэсэн и къуэр гуапэу къаIущIащ сабийхэм. Апхуэдэу псэ хьэлэлхэщ икIи гу къабзэхэщ санаторэм и дохутырхэр, гъэсакIуэхэр, нэгъуэщI лэжьакIуэхэр. Къыхэдгъэщыну дыхуейт абы дыщыIэху зи Iуэху зехьэкIэр ди нэгу щIэкIа гъэсакIуэ Биту Iэсият ТIалэ и пхъум и лэжьэкIэр. ЩIэныгъэшхуэ зыбгъэдэлъ а цIыхубзыр нэхъ гъунэгъуу езгъэцIыхуну сыхуейт ди газетеджэхэм. Iэсият Хьэтуей (Старэ Урыху) жылэм къыщалъхуащ. Къуажэ школыр ехъулIэныгъэфIхэр иIэу къиуха нэужь, 1986 гъэм ар щIэтIысхьащ КъБКъУ-м и математикэ факультетым. ФIы дыдэу еджэ студент жыджэрхэм хабжэу, пщIэрэ щытхъурэ иIэу еджапIэ нэхъыщхьэр къиухащ Iэсият икIи абы лъандэрэ гъэсэныгъэ IэнатIэм пэрытщ. И хьэл-щэнкIи, и дуней тетыкIэкIи узэхъуэпсэн цIыхущ ар. Дэтхэнэ зы сабийми бгъэдыхьэкIэ зырызыххэ къахуегъуэтыф. И гъэсэн цIыкIухэми фIыуэ къалъагъу нэхъыжьыр, къыдэлажьэхэми пщIэ къыхуащI, «Хабзэрэ нэмысрэ зыбгъэдэлъ цIыху акъылыфIэщ», — жаIэу. Езым сыщепсалъэм къэсхутащ сабийм яхэмыту зэрыхуэмышэчынур.
ГъэсакIуэхэм ди къалэн нэхъыщхьэщ, сэ къызэрыслъытэмкIэ, ныбжьыщIэхэм нэмыс яхэлъу, хабзэр ящIэу къэгъэхъуныр. Апхуэдэщ Битур. И лэжьыгъэфIым папщIэ абы къыхуагъэфэщащ щытхъу, фIыщIэ тхылъхэр.
Сабийхэр хъумэным и дунейпсо махуэм ирихьэлIэу сфIэигъуэщ апхуэдэу гурэ псэкIэ и IэнатIэм пэрыт цIыхухэм фIыщIэ яхуэпщIыну. И нэIэм щIэта и гъэсэнхэм фIыкIэ ягу къинэ хабзэ а бзылъхугъэм до-хъуэхъу бын гуфIэгъуэрэ гулъытэрэ щымыщIэу, узыншэу куэдрэ щIэблэм яхуэлэжьэну.
БЖЭНЫКIЭ Регинэ.
Бахъсэн район.
Усэ цIыкIухэмрэ уэрэдхэмрэ
ЩОДЖЭН Леонид
Гъэмахуэ
Уафэм и IэпIохуэм
ПлIаплIэу дыгъэр исщ.
Хадэм имыхуэу
ХадэхэкIыр изщ.
ФIэхуэр фIэлъщ ди санэм,
Пызщ ди щхъырыбейм.
Си къуэш цIыкIу Хьэсанэ
Абы доIэбей.
Ди Iущхьэ щхьэ матэр
Плъыжьу къэгъэгъащ.
ДиIэщ дэ мамкъути,
Ди балийри хъуащ.
АФIЭУНЭ Лиуан
Хъуромэ
Уэ хъуромэ, хъуромэ,
Уо, уо!
Уэ хъуромэ машэ,
Уо, уо!
Уэ мэшырыщIэ,
Уо, уо!
Уэ напщIэисэ,
Уо, уо!
И кум ирасэ,
Уо, уо!
Трасэр мэхъур,
Уо, уо!
Хъуэхъур зи Iэнэ,
Уо, уо!
ФIыкIэ мэхъуахъуэ,
Уо, уо!
Хъуэхъур къыфлъыси,
Уо, уо!
Инэмыкъуэ
Инэ-инэ,
Инэмыкъуэ,
Мыкъуэ щхьэл,
Щхьэл къутэ,
Къутэро,
Щауэ мыхъу,
Щауэ хъуа,
Хъурзэ натIэ,
Хьэ натIищ,
ЛIищ зыукI,
ЗызыукIыж,
Хьэнэрыгъ,
Лъэрыгъыпс.
МЫКЪУЭЖЬ Анатолэ
Гущэкъу уэрэд
Мазэ тхьэгъу лъэныкъуэр
Уафэм кIэрыщIащ.
Вагъуэ цIыкIухэр щыгъэу
Зэбгрыщэщащ…
Жэщыр пщIыхь дахащэу
Iупхъуэм къызэпхощ,
Уэри мыщIэ цIыкIуу
Гущэм укъыхощ.
Ежьу: Жей, си IэфI, си фIыгъуэ,
Жей, си гурыфIыгъуэ,
Си къудамэ цIыкIуу
Къыдэжа!
Жей, си нэху, си дыгъэ,
Жей, си насып щыгъэ,
Си удз гъэгъа цIыкIуу
Къыхэжа!
Сыт ущIемызэгъыр,
Си гуфIэгъуэ щэху?
Щабэщ уи гущапIэр —
Тыншу зыгъэпсэху.
Жей, си дыщэ кIанэ,
Жэщыр зэгъэжащ.
Сэ уи уэрэд цIыкIум
Къытезгъэзэжащ.
Ежьу: Жей, си IэфI,
си фIыгъуэ,
Жей, си гурыфIыгъуэ,
Си къудамэ цIыкIуу
Къыдэжа!
Жей, си нэху, си дыгъэ,
Жей, си насып щыгъэ,
Си удз гъэгъа цIыкIуу
Къыхэжа!
Жей, зи насып псыпэм
Псышхуэ ирижэн,
Гъэ зэрытехьэххэу
ЛъапэкIэ зежэн.
Жей, си фIыгъуэ закъуэу
НэхулъэфI къысхуекIын,
Сэ гуфIэгъуэ нэпсхэр
ЗыхущIэзгъэкIын.
Ежьу: Жей, си IэфI,
си фIыгъуэ,
Жей, си гурыфIыгъуэ,
Си къудамэ цIыкIуу
Къыдэжа!
Жей, си нэху, си дыгъэ,
Жей, си насып щыгъэ,
Си удз гъэгъа цIыкIуу
Къыхэжа!
Гъуджэм, зысщыбгъэпщкIуу,
Хъумэ уиплъэрей,
Сэ пхуэсщIынкъэ тыгъэу
ЩыIэ псом я лейр:
Мазэ тхьэгъу лъэныкъуэр
Къыпхуэслъыхъуэжынщ,
Вагъуэ щыгъэ цIыкIухэр
Къыпхуэсщыпыжынщ.
Ежьу: Жей, си IэфI,
си фIыгъуэ,
Жей, си гурыфIыгъуэ,
Си къудамэ цIыкIуу
Къыдэжа!
Жей, си нэху, си дыгъэ,
Жей, си насып щыгъэ,
Си удз гъэгъа цIыкIуу
Къыхэжа!
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28157.txt"
} |
Пенальтихэм гугъэр къызэтракъутэ
«Крылья Советов» (Самарэ) — «Спартак-Налшык» (Налшык) — 2:0 (2:0). Самарэ. «Металлург» стадион. Накъыгъэм и 30-м. ЦIыху 29000-рэ еплъащ.
Судьяхэр: Безбородов, Голубев (тIури Санкт-Петербург щыщщ), Семенов (Гатчинэ).
«Крылья Советов»: Веремко, Таранов, Амисулашвили, Бруну Телес, Ангбвэ, Горе (Махмудов, 75), Немов, Цаллагов, Баляйкин, Кабальерэ (Делькин, 82), Портнягин (Воробьев, 65).
«Спартак-Налшык»: Коченков, Засеев, Джудович (Тимошин, 46), Овсиенкэ, Багаев, Чеботару, Концедалов, Коронов, Сирадзе (Гуэщокъуэ, 76), Медведев, Аверьянов (Буйтрагэ, 68).
Топхэр дигъэкIащ: Кабальерэ, 21 — пенальтикIэ (1:0). Кабальерэ, 42 — пенальтикIэ (2:0).
Дагъуэ хуащIащ Аверьяновым, Засеевым, Джудович, Тарановым, Овсиенкэ, Горе.
Мыгъэрей гъатхэм къигъэлъэгъуа джэгукIэфIым и фIыгъэкIэ, «Спартак-Налшыкыр» премьер-лигэм хыхьэжыну пэгъунэгъу хъуащ. Япэ дивизионым къыщихьа жэз медалхэм къищынэмыщIауэ, ар зригъэхъулIатэмэ, командэми абы и тренерхэми щытхъу ин яхуэфащэт. АрщхьэкIэ сыт хуэдэ лъагапIэми хуэфащэ лъабжьэ иIэн хуейщ. Мис абыкIэ ди Iуэхухэр нэхъ тIасхъэщ.
Футболист лъэрызехьэхэр къызэращэхун мылъку зэрамыIэм къыхэкIыу «Спартак-Налшыкым» и тренерхэр щIымахуэ кIуам етIуанэ дивизионым щыхэщыпыхьащ икIи цIыхуищэм нэблагъэм хэплъыхьри, зыплIытху зыхагъэхьащ. Абыхэм гъусэ хуащIащ и ныбжьыр хэкIуэтами (илъэс 36-рэ) иджыри зэфIэкI лъагэ зиIэ Медведевымрэ зрагъэгъэгусэу хэкIыжауэ щыта Концедаловымрэ. Командэм хагъэхьахэр абы хъарзынэу хэзэгъащ икIи иужьрей ехъулIэныгъэхэр зыкъомкIэ зи фIыгъэр ахэращ. Апхуэдэу щыт пэтми, къэралым и гуп нэхъыщхьэм ухыхьэн папщIэ ар мащIэщ икIи махуэку кIуам Самарэ щекIуэкIа япэ пэщIэуэ зэIущIэм Iуэхум и щытыкIэр наIуэ къытщищIащ.
«Крылья Советов»-м и закъуэщ Мэзкуу щымыщ командэу Урысей Федерацэм футболымкIэ и премьер-лигэм зэпымыууэ сыт щыгъуи щыджэгуар. КъищынэмыщIауэ, Самарэ хагъэхьащ 2018 гъэм екIуэкIыну дунейпсо чемпионатыр здэщыIэну къалэхэм икIи абы ерыщу зыхуегъэхьэзыр. А псом ищIыIужкIэ щIыпIэ командэр егъасэ къэралым и тренер нэхъ лъэрызехьэхэм ящыщ зы Гаджиев Гаджи. Апхуэдиз ефIэкIыныгъэм «Спартак-Налшыкым» пэщIигъэувэфынур ерыщагъым и закъуэт. IэзагъкIи хэгъэрейхэм зэрапэмыхъунур гурыIуэгъуэт.
Зи гугъу тщIа къомыр лъэныкъуэкIэ ирагъэзри, ди щIалэхэм джэгур хуабжьу жыджэру къыщIадзащ. Япэ дакъикъэхэр абыхэм я тепщэныгъэкIэ екIуэкIащ икIи самарэдэсхэр Iэнкун ищIащ. Апхуэдэ щытыкIэр «Спартак-Налшыкым» къигъэсэбэпыну хущIэкъуащ. Ар «Крылья Советов»-м тегушхуэпат икIи Iэмал зэригъуэтыххэу абы и гъуэм еуэрт. ЕтIуанэ дакъикъэм хэгъэрейхэм я гъуащхьэтетыр хуабжьу игъэпIейтеящ Концедалов Роман. Мыгувэу ардыдэр зэуа топыр штангэм техуащ. Самарэдэсхэр япэу ди гъуэм къыщыбгъэдыхьар еянэ дакъикъэрщ.
Апхуэдэ щIэдзэкIэм куэдым ущигъэгугъырт. Нэрылъагъут ди щIалэхэр «Крылья Советов»-м зыкIи къызэрыпимыкIуэтыр. Ар щIигъэбыдэжащ Аверьяновыр хэгъэрейхэм я гъуэм лъэщу зэреуам — топыр зымащIэкIэ абы щхьэпрыкIащ.
КъыкIэлъыкIуэу къэхъуа Iуэхугъуэм щIэдзэкIэ дахэр къызэтрикъутащ. ЗэIущIэм и 21-нэ дакъикъэм «Крылья Советов»-м и гъуащхьауэ, Парагвайм и командэ къыхэхам щыджэгу Кабальерэ ди гъуэм пэмыжыжьэу топыр къыщыIэрыхьащ. КъигъэувыIэн папщIэ Засеевым абы зыкъришэкIащ. Гъуащхьауэ Iэзэм ар къимыгъэсэбэпу къэнакъым — бэлыхь гуэр иращIам хуэдэу зигъэукIуриящ. Пенальти. Ар езы Кабальерэ Iэзэу игъэзэщIащ, топымрэ ди гъуащхьэтетымрэ лъэныкъуэ зырызкIэ зэблигъэтIылъыкIри.
Апхуэдэ щIэщхъум хэти и лъэр щIигъэхунт. Аращ «Спартак-Налшыкым» щы-джэгухэм къащыщIари. Премьер-лигэм хэтауэ цIыхуибгъум абы и фащэр ящыгъыу къихьа пэтми — ахэр къэдзыхащ. Иджы «Крылья Советов»-рат тепщэныгъэр зыIыгъыр. Абы и ебгъэрыкIуэныгъэхэр лъэщт икIи хуабжьу укъэзыгъэгузавэт. Хэгъэрейхэм япэлъэщын папщIэ налшыкдэсхэм щIэх-щIэхыурэ футбол хабзэр къызэпаудын хуей хъурт. Аращ Аверьяновымрэ Засеевымрэ судьям дагъуэ къахуищIыныр къызыхэкIар. Ауэ псоми «ефIэкIыжащ» бэкIэ дызыщыгугъ командэм и капитан Джудович. Ди гъуащхьэм къизэрыхьа Портнягиным и Iэм, зыми ямылъагъу и гугъэу, ар къекъуащ икIи «Крылья Советов»-м и гъуащхьауэр паупщIам хуэдэу укIуриящ. Аргуэру пенальти. Кабальерэ щIэ гуэр къигупсысакъым икIи, япэми хуэдэ дыдэу, топыр къытхудигъэкIащ.
Шыпш Тимур апхуэдэ щытыкIэм арэзы къищIынкIэ Iэмал иIэтэкъым. Зыкъом зыхэзыгъэзэрыхьа Джудович и пIэкIэ абы Тимошиныр къригъэхьащ икIи гъуащхьэр игъэбыдащ. КъемыплъэкIыу ебгъэрыкIуэну Iэмал зыгъуэта адрей щIалэхэр ипэкIэ кIуэтащ. Зэкъым-тIэукъым топ дагъэкIыну абыхэм Iэмал гъуэзэджэхэр зэраIар. АрщхьэкIэ, а пщыхьэщхьэм я насып къикIакъым. Чеботару, Медведевыр (тIэунейрэ), Засеевыр зэуа топхэр гъуэм зымащIэкIэ хуэзакъым е хэгъэрейхэм я гъуащхьэтетым къиубыдащ.
Самарэ и «Металлург» стадионым изу къекIуэлIа цIыху мин 30-м нэблагъэм «Крылья Советов»-р трагъэгушхуэрт икIи «Спартак-Налшыкым» ещанэ топри худагъэкIыну лъаIуэрт. АрщхьэкIэ лъэныкъуитIри афIэкIа къыхэжаныкIакъым, Iуэхур нэсу щызэхагъэкIыну етIуанэ зэIущIэм къыхуагъанэ щIыкIэу.
«Крылья Советов»-м къыхудигъэкIа топитIыр блыщхьэ къакIуэ «Спартак-Налшыкым» зэрыригъэкъужыфынум шэч хэлъкъым. Абы папщIэ етIуанэ зэIущIэм япэм щаIэщIэкIа щыуагъэхэм щызыщахъумэн хуейщ. Мыхьэнэшхуэ иIэнущ «Спартак» стадионым къекIуэлIэну цIыху бжыгъэм и куэдагъми. Ахэр аргуэру пщIэншэу ирагъэхьэнущ, ди командэм щIэгъэкъуэн нэс хуэхъуну щыгугъыу. Блыщхьэм, мэкъуауэгъуэм и 3-м, сыхьэт 19-м куэд дыдэ зэлъыта зэIущIэм щIидзэнущ.
Жыласэ Заурбэч.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28170.txt"
} |
Лъахэдж ныбжьыщIэхэр
КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ, ЩIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэхэм, Мэз хозяйствэмкIэ къэрал комитетым я дэIэпыкъуныгъэкIэ къызэрагъэпэща эколог-лъахэдж ныбжьыщIэхэм я республикэ зэпеуэ иджыблагъэ екIуэкIащ. Абы хэтащ къалэ, район зэхьэзэхуэхэм щытекIуа, 7-10-нэ классхэм щIэс цIыкIухэр зыхэт гупхэр.
Зэпеуэр хуэунэтIащ дыкъэзыхъуреихь дунейм теухуа къэхутэныгъэхэр егъэкIуэкIынымкIэ, щIыуэпсыр хъумэнымкIэ жэрдэм зиIэ ныбжьыщIэхэр Iуэху щхьэпэм тегъэгушхуэным, ахэр биологиемрэ экологиемрэ нэхъ куууэ дегъэхьэхыным.
Зэхьэзэхуэм хэта ныбжьыщIэхэм я щIэныгъэр къапщыта иужь, а жаIахэр гъащIэм къызэрыщагъэсэбэпыфыр наIуэ къащIащ. Апхуэдэу абыхэм къагъэлъэгъуащ къэлътмакъыр зэрылъхьэнымкIэ, мафIэ зэщIэгъэстынымкIэ, пщыIэ гъэувынымкIэ икIи зэпкърыхыжынымкIэ, шэдым пхыкIынымкIэ, губгъуэм иту фэбжь гуэр зыгъуэтам япэ дэIэпыкъуныгъэр зэрыратыфынумкIэ я зэфIэкIыр здынэсыр, къищынэмыщIауэ, я лъахэр зэрацIыхумрэ, шынагъуэншагъэ къызэгъэпэщынымкIэ тест лэжьыгъэхэр ягъэзэщIащ.
УнэтIыныгъэ щхьэхуэхэмкIэ зэпеуэм къыщыхэжаныкIащ Дзэлыкъуэ, Лэскэн, Аруан, Май, Прохладнэ, Тэрч, Шэджэм куейхэм, Бахъсэн къалэм, Налшык и курыт школхэу №6, №25-хэм я гуп къыхэхахэр. КъБР-м ЩIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэм абыхэм щIыхь тхылъхэмрэ саугъэтхэмрэ яритащ.
Хьэжы ФатIимэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28175.txt"
} |
«Къалмыкъхэ псори къофэ»
Аращ жиIэр Налшык къалэ щыщ къэфакIуэ ныбжьыщIэ Къалмыкъ Тамерлан. «Нал цIыкIу» ансамблым хэту ар иджыблагъэ щыIащ Осетие Ищхъэрэм къафэмкIэ щекIуэкIа дунейпсо фестивалым.
Тамерлан 2009 гъэм «Детские лица России» сабий саугъэтыр къихьащ, «Минута славы» урысейпсо зэхьэзэхуэм хэтащ, Сочэ къалэ щекIуэкIа «Музыкальный спринт» дунейпсо фестиваль-зэпеуэм и Гран-прир къыхуагъэфэщащ. Къыхэгъэщыпхъэщ, иужьрейм ар Москва щыIэ «Непоседы» ансамбль цIэрыIуэм зэрыщыпеуар. ЩIыхь тхылъхэр, кубокхэмрэ медалхэмрэ, дамыгъэхэр — мыпхуэдэ куэд дыдэ щIалэ цIыкIум зэхуихьэсакIэщ.
Мы гъэм Тамерлан илъэси 9 ирикъуа къудейми, ар цIэрыIуэ хъуащ, цIыхубэм фIыуэ ялъэгъуащ. Ар плъагъунущ «Къэбэрдей-Балъкъэр» телекомпанием адыгэбзэкIэ къит «Золотой сундучок» нэтыныр иригъэкIуэкIыу. ЩIалэщIэр абы гурыхуэу щытопсэлъыхь лъэпкъ фащэм.
Къалмыкъхэ я къуэ зэчиифIэр мы гъэм ирагъэблэгъащ Франджым щрагъэкIуэкIыну «Париж и вагъуэхэр» зэпеуэм хэтыну. Дохъуэхъу ди артист ныбжьыщIэм ехъулIэныгъэфIхэр зыIэригъэхьэну, и хъуэпсапIэ-плъапIэхэр мы гъащIэм къыщехъулIэну.
Джырандокъуэ Риммэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28177.txt"
} |
Лир гъуэгу тохьэ
Горький Максим и цIэр зезыхьэ Урыс драмэ театрым игъэува «Король Лир» спектаклыр Шэшэн Республикэм щигъэлъэгъуащ.
Грознэ къалэм щыпсэухэр мы театрым и лэжьыгъэм фIыуэ щыгъуазэщ икIи пщIэрэ гулъытэшхуэрэ къыхуащIу сыт щыгъуи ирагъэблагъэ. Къалэм и сценэ нэхъыфI дыдэрщ, Лермонтов Михаил и цIэр зезыхьэ Урыс къэрал драмэ театрым ейрщ, ди артистхэм зыкъыщагъэлъэгъуар.
Шекспир Уильям и «Король Лир» пьесэм къытращIыкIа спектаклыр Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэм икъукIэ ягу ирихьащ, ди гугъэщ дунейпсо классикэ драматургием щыщ а лэжьыгъэр Шэшэнми щызэхащIыкIауэ.
Спектаклым и режиссер, Урысейм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Теувэж СулътIан и гулъытэр нэхъыбэу зылъигъэсар пащтыхь Лир езым къыщыщIа гукъутэрщ, фIыщIэмыщI пхъум ар щхьэлажьэ зэрищIарщ. Роль нэхъыщхьэр абы щегъэзащIэ театрым и артист Iусен Олег. Iуэхур щекIуэкIыр курыт лIэщIыгъуэм щыIа уардэунэхэм хуэдэрщ, зэман ткIийм и теплъэр ди нэгу къы-щIэзыгъэхьар Къэбэрдей-Балъкъэрым гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, сурэтыщI Щхьэцэ Владимирщ. Актерхэм я щыгъыныгъуэ дахэхэми, Кузьмина Жаннэ и эскизхэм театрым и дэрбзэрхэм къытращIыкIахэм, а лъэхъэнэм «укъыщагъэхутэ».
ГЕРАСИМОВЭ Риммэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28179.txt"
} |
ЗэгурыIуэныгъэхэм тету
Налшык къалэм ХьэрычэтыщIэ IэнатIэ цIыкIухэм защIэгъэкъуэнымкIэ и фондым 2006 — 2012 гъэхэм къриубыдэу бизнес-проект 69-м сом мелуан 19-м щIигъу яхухихащ.
КъБР-м Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм хьэрычэт Iуэху мащIэмкIэ и къудамэм зэрыщыжаIамкIэ, министерствэмрэ Налшык къалэ округым и щIыпIэ администрацэмрэ зэращIылIа зэгурыIуэныгъэхэм япкъ иткIэ, зи гугъу тщIы зэманым федеральнэ, республикэ бюджетхэм ящыщу сом мелуани 6,4-м нэблагъэ Фондым хухахащ. Зыхуэфащэ тхылъ псори ягъэхьэзыра нэужь, щIыхуэ зратынухэм я Iуэхур махуи 10-12-м зэфIах. Заемыр сом мин 50-м къыщыщIэдзауэ мин 300-м нос. Ар нэхъыбэ дыдэу мазэ 12-кIэ ят, илъэсым процент 12 щхьэщатыкI.
КЪЭРЭЩЕЙ Элеонорэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28182.txt"
} |
Макъамэ гъунапкъэншэ
Адыгей. Ди лъахэгъу Къэзан Сэтэней (Сати) «Щэнхабзэмрэ ГъащIэмрэ» и социальнэ, творческэ жэрдэмхэмкIэ фондымрэ АР-м щыщ модельер икIи уэрэджыIакIуэ МэкIэр Сусаннэрэ Адыгейм и Къэрал филармонием щагъэлъэгъуащ «Макъамэ гъунапкъэншэ» шоу-программэ гъэщIэгъуэн.
Концертым еплъахэм ар нэхъри гъэщIэгъуэн ящищIащ лъэпкъ макъамэхэм. Апхуэдэуи къызэхуэсахэр ирагъэдэIуащ урысыбзэкIэ, инджылызыбзэкIэ, франджыбзэкIэ, испаныбзэкIэ ягъэзэщIа уэрэдхэм. Макъамэхэри псалъэхэри зытхар МэкIэр Сусаннэщ, елэжьар композитор, оранжировщик цIэрыIуэ Гъуэт Аслъэнщ. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми гъуазджэм и теплъэ зэмылIэужьыгъуэхэр къыхощ.
Шоу-программэм кърихьэлIахэм телъыджэ ящыхъуащ езыхэр кIэлъыплъу каллиграфие гъуазджэм хуэIэкIуэлъакIуэ Щауэжь Хьэсэнрэ Краснодар щыщ Апиш Алексейрэ зы концерт номерым къриубыдэу Сэтэней и сурэтыр зэращIар. Езы уэрэджыIакIуэри зыпэмыплъат ар.
УЭРДОКЪУЭ Женя.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28185.txt"
} |
Лъэпкъым и джэлэс
«Адыгэ псалъэ» газетыр къыдэкIын зэрыщIидзэрэ мэкъуауэгъуэм и 1-м илъэс 89-рэ ирокъу. Нобэм ирихьэлIэу ди газетым и номер 22.508-рэ дунейм къызэрытехьар ехъулIэныгъэшхуэу къыдолъытэ, сыту жыпIэмэ зи бжыгъэкIэ куэд дыдэ мыхъу лъэпкъым и гурыгъу-гурыщIэхэр къызэриIуатэ къыдэкIыгъуэ иIэжыным къикIыр зэманыр кIуэтэху езыми зэрызиужьырщ.
Илъэс 89-рэ хъуауэ «Адыгэ псалъэр» ди щIэджыкIакIуэхэм яIэрохьэ, чэнджэщэгъу, псэлъэгъу яхуэхъуу; езыхэри я гурыгъу-гурыщIэхэмкIэ къыддэгуашэу, ди тхыгъэхэр къазэрыщыхъуар къыдагъащIэу къытподжэж икIи дыщогугъ а зэпыщIэныгъэр нэхъри быдэ хъуну, ди лъэпкъ щэнхабзэм, литературэм, гъуазджэм зегъэужьыным, жылагъуэм нэхъри зиузэщIыным дяпэкIи дызэгъусэу ди зэфIэкI етхьэлIэну.
Газетым лъэпкъым дежкIэ иIа мыхьэнэм, игъэзэщIа къалэнхэм я гугъу пщIымэ, «Адыгэ псалъэм» зэфIигъэкIащ зы пщалъэкIи къыпхуэмылъытэн лэжьыгъэшхуэ. Газетыр уващ лъэпкъым и джэлэсу, и гъуазэу. Дэнэ щIыналъи щыпсэу адыгэхэм я щыIэкIэ-псэукIэм и тхыдэтх хъуа газетым и напэкIуэцIхэм дриплъэжмэ, щыгъуазэ дищIынущ илъэс 89-м ди республикэм, лъэпкъым къакIуа гъуэгуанэм. А зэманышхуэм лъэпкъым гузэвэгъуэ мымащIи илъэгъуащ, ауэ фIым ущызыгъэгугъ, уи лъэр жан зыщI тхыгъэхэр щынэхъыбэщ газет напэкIуэцIхэм.
Газетыр тхыгъэ гъэщIэгъуэнхэмкIэ, щIэджыкIакIуэхэр нэхъ дэзыхьэхынхэмкIэ «ягъэнщIу» лэжьащ журналистикэм IэкIуэлъакIуэ хуэхъуахэу Апажэ Назир, Бекъан Чыланий, Бекъул Токъан, Брай Адэлбий, Джаурджий Iэбисал, Джэлэс Таужид, Елгъэр Кашиф, Къамбийхэ Зуфаррэ Джэфаррэ, Къэрмокъуэхэ Мухьэмэдрэ Хьэмидрэ Къуэдзокъуэ Нурбий, КхъуэIуфэ Хьэчим, Мырзэкъан Суфян, Теувэжыкъуэ Анатолэ, Хьэх Сэфарбий, Шыбзыхъуэ Мухьэдин, ШыкIэбахъуэ Хьэсэн, Шырытхэ Хьэтызэрэ СулътIанрэ, Щоджэн Абдул, Уэрыш Нурхьэлий сымэ, нэгъуэщI куэди. Илъэс 89-м къриубыдэу газетым щылэжьащ цIыху 400-м нэблагъэ икIи жэщ-махуэ ямыIэу я IэнатIэм пэрытащ абыхэм ящыщ дэтхэнэри.
Журналист лэжьыгъэр нэхъ гъэщIэгъуэн дыдэхэм ящыщу къалъытэ игъащIэми. Иджы, технологиещIэхэм я лъэхъэнэм, дэ Iэмал псори диIэщ газетыр нэхъ купщIафIи, гъэщIэгъуэни, и теплъэкIи нэхъ дахэ тщIынуи, ахэр нэсу къызэрыдгъэсэбэпыным яужь дитщ. Газетым етIанэгъэ игъэлъэпIэну илъэс 90 юбилейм дызэгъусэу дыIущIэну ди гуапэщ газетым и лэжьакIуэхэри, ар щIыщыIэж щIэджыкIакIуэхэри.
«Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэхэр.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28187.txt"
} |
Сыт щыгъуи дыгъэ къытхуепсыну!
Апхуэдэ фIэщыгъэ иIэу Анзорей жылагъуэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм сыхьэт 11.00-м Iуэхугъуэ дахэ щекIуэкIынущ. Сабийхэр хъумэным и дунейпсо махуэм ехьэлIа а махуэшхуэм, хабзэ дахэ хъуауэ, илъэс къэс къызэхуешэс хуэмыщIа унагъуэхэм къахэкIа сабийхэр.
ГъуазджэхэмкIэ район сабий школым и гъэсэнхэмрэ творческэ гупхэмрэ цIыкIухэм папщIэ ягъэхьэзыращ уэрэд, къафэ, джэгукIэ зэмылIэужьыгъуэхэр, саугъэтхэр.
Сабийхэм я IутIыжыр къызэзыгъэпэщыр Лэскэн районым и администрацэрщ. Абы и жэрдэмыр даIыгъащ Лэжьыгъэмрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ район IуэхущIапIэм, ЦIыхухэр социальнэ IуэхутхьэбзэкIэ къызэзыгъэпэщ центрым, Анзорей къуажэм и администрацэм.
ГУIЭТЫЖ Залинэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28189.txt"
} |
«Адыгэ псалъэр» къыфIэрыхьэну фыхуеймэ
Ди щIэджыкIакIуэ лъапIэхэ!
Фигу къыдогъэкIыж 2013 гъэм и етIуанэ илъэс ныкъуэм къыфIэрыхьэну газетхэм, журналхэм Iэ тедзэныр зэрекIуэкIыр.
Илъэс ныкъуэм ди газетым и уасэщ сом 403-рэ кIэпIейкIэ 32-рэ.
«Адыгэ псалъэм» Iэ щытевдзэ хъунущ республикэм и пощт IуэхущIапIэ псоми.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28194.txt"
} |
Нобэ
1864 гъэм Урысейм щыяпэу къызэIуахащ хьэкIэкхъуэкIэхэр щаIыгъ щIыпIэ хэха.
1907 гъэм ЕтIуанэ Къэрал Думэр зэбграутIыпщыкIыжащ.
1943 гъэм Налшык лы комбинатыр зэфIэгъэувэжын яухащ.
Публицист, КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист Шал Мухьэмэд и ныбжьыр илъэс 65-рэ ирокъу.
Радиожурналист, Урысей артиадэм и лауреат Багъэтыр Нинэ къыщалъхуа махуэщ.
КъБР-м щIыхь зиIэ и ухуакIуэ Ещтрэч СулътIан и ныбжьыр илъэс 55-рэ ирокъу.
Кубаным и къэрал, политикэ лэжьакIуэ, Успенскэ куеймрэ Армавир къалэмрэ я Iэтащхьэу щыта, Краснодар крайм и губернаторым и япэ къуэдзэ Хьэту Жамболэт и ныбжьыр илъэс 51-рэ ирокъу.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 17 — 19, жэщым градус 13 — 15 щыхъунущ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28196.txt"
} |
Бжьыхьэ дызыхуэкIуэм зэхашэнущ
КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен республикэм и Конституцэ Судым хэтхэм накъыгъэм и 30-м Правительствэм и Унэм щаIущIащ. Абы ирихьэлIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Парламентым и Тхьэмадэ Чеченов Ануар, и къуэдзэхэу Жаным Руслан, Саенкэ Татьянэ, Бозий Натбий, республикэм и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Къуэшырокъуэ Залым, федеральнэ инспектор Канунников Владимир, Парламентым и комитетхэмрэ парт фракцэхэмрэ я нэхъыжьхэр.
— Нобэ дыщIызэхыхьам щхьэусыгъуэ дахэ иIэщ — ар Къэбэрдей-Балъкъэрым и Конституцэ Судыр иджыблагъэ илъэс 20 зэрырикъуарщ. Ди республикэм и гъащIэм дежкIэ абы политикэ мыхьэнэшхуэ иIэщ, — къигъэлъэгъуащ Къанокъуэ Арсен. — Псоми дощIэж Конституцэ кIэлъыплъыныгъэмкIэ суд IуэхущIапIэ нэхъыщхьэр щытыкIэ гугъум иту къызэрагъэпэщауэ зэрыщытар. Урысей къэралыгъуэр зэтеувэным хуэунэтIауэ абы къалэнышхуэ дыдэ игъэзэщIащ. Илъэс 20-м къриубыдэу республикэм и Конституцэ Судым хузэфIэкIар къэлъытэгъуейщ. Мы IэнатIэм къаруушхуэ ирихьэлIащ хабзэхэр гъэбыдэным, властхэр зэрызыпагъэщхьэхукI щIыкIэр убзыхуным, зэрыщыту зэпIэзэрытыныгъэр къызэгъэпэщыным теухуауэ. Властым и хабзэгъэув, и гъэзэщIакIуэ органхэм, щIыпIэ унафэр зезыгъакIуэ IуэхущIапIэхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм зэпымыууэ икIи зэIухауэ фазэрыдэлажьэм фIы кърокIуэ. Ар зэманым игъэунэхуащ. ИпэжыпIэкIэ Конституцэ Судыр иджырей демократие обществэм и лъабжьэр щIэзыгъэбыдэ мыхьэнэшхуэ зиIэ IэнатIэщ, зэпIэзэрытыныгъэм и шэсыпIэщ, республикэм и Конституцэ ухуэкIэм и хъумакIуэщ.
Къанокъуэ Арсен фIыщIэ яхуищIащ Конституцэ Судыр къызэгъэпэщыным и зэхэублакIуэу щытахэми, нобэ абы и Iуэхур ипэкIэ зыгъэкIуатэхэми.
— Конституцэ кIэлъыплъыныгъэмкIэ суд IуэхущIапIэ нэхъыщхьэм щылажьэхэр юрист Iэзэхэщ, зэфIэкIышхуэ зыбгъэдэлъ IэщIагъэлIхэщ. Ар фи IуэхущIафэм и фIагъым шэсыпIэ хъарзынэ хуохъу. ЗэблэкIыгъуэ лъэхъэнэр иджыри къэралым щызэфIэкIакъым. Апхуэдэ щытыкIэм къегъэув хабзэм тету Iуэхур унэтIыным дяпэкIи фи къарур хузэщIэвгъэуIуэну, фи зэфIэкIыр ефхьэлIэну, — къыхигъэщащ республикэм и Iэтащхьэм икIи я махуэмкIэ абыхэм ехъуэхъуащ.
КъБР-м и Конституцэ Судым и унафэщI Геляхов Абдулыхь я IуэхущIапIэм и тхыдэм кIэщIу къытеувыIащ. Абы зэхуэсахэм ягу къигъэкIыжащ 1993 гъэм накъыгъэм и 17-м республикэм и Совет Нэхъыщхьэм Конституцэ Судым япэ судыщIэ гупыр хагъэхьауэ зэрыщытар.
— ЦIыхур, абы и хуитыныгъэхэмрэ щхьэхуитыныгъэхэмрэ фIыгъуэ нэхъыщхьэ дыдэу къэралым зэрыщагъэувам къыхэкIыу, цIыхум, гражданиным и конституцэ хуитыныгъэхэр нэгъэсауэ къызэгъэпэщыныр, абыхэм къащхьэщыжыныр конституцэ хеящIэ лэжьыгъэм и Iуэху нэхъыщхьэ дыдэщ. Ди пщэрылъхэм куэдкIэ хэхъуащ. Ахэр ехьэлIащ псоми зэхуэдэ хуитыныгъэ къахузэгъэпэщыным, — жиIащ Геляхов Абдулыхь. — Ди ехъулIэныгъэ нэхъ ин дыдэр зэпIэзэрытыныгъэр арауэ къызолъытэ. СудыщIэхэр щагъэувым IэщIагъэлI Iэзэхэр къызэрыхахам лэжьыгъэр дегъэкI. Юридическэ щIэныгъэхэм я доктору, профессору щы диIэщ, хьэкумыщIэ псоми прокурор, суд IуэхущIапIэхэм къулыкъу зэмылIэужьыгъуэхэр щрахьэкIащ, республикэм пщIэрэ щытхъурэ щызиIэхэщ. ИпэжыпIэкIэ жыпIэ хъунущ Конституцэ Судыр тэмэму лэжьэн папщIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым зыхуэфащэ хабзэ лъабжьэхэр нэсу зэрыщызэтеувар.
Геляхов Абудулыхь республикэм и Iэтащхьэм фIыщIэ хуищIащ я IуэхущIапIэм и лэжьыгъэм пщIэшхуэ къызэрыхуищIам папщIэ икIи конституцэ хабзэхэр гъащIэм щыгъэбыдэным я къарури я зэфIэкIри дяпэкIи зэрырахьэлIэнур къыхигъэщащ.
КъБР-м и Парламентым и Тхьэмадэ Чеченов Ануар и гуапэу къигъэлъэгъуащ республикэм и Конституцэ Судым жыджэру зэрыдэлажьэр.
— Зэманым къигъэнэIуащ конституцэ кIэлъыплъыныгъэмкIэ хьэкум IуэхущIапIэ хэхам къалэнышхуэ зэригъэзащIэр. Республикэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ законхэр щыдгъэхьэзырым ар мызэ-мытIэу дгъэунэхуащ. Конституцэ Судым и унафэщIыр е абы и къуэдзэр Парламентым и зэIущIэ псоми хэтщ. ИригъэкIуэкI хабзэубзыху лэжьыгъэшхуэм папщIэ а IуэхущIапIэм фIыщIэ ин хузощI. И зэфIэкIым дяпэкIи хигъэхъуэну си гуапэщ, — къыхигъэщащ Чеченов Ануар.
«Захуагъэ здэщыIэ Урысей», КПРФ политикэ партхэм Парламентым щаIэ фракцэхэм я унафэщIхэу Кебеков Владимиррэ Щыхъалы Заирэтри апхуэдэ псалъэхэмкIэ Конституцэ Судым и хьэкумыщIэхэм зыхуагъэзащ.
ЗэIущIэр щызэхуищIыжым, Къанокъуэ Арсен къызэхуэсахэм яхуиIуэтащ УФ-м ШынагъуэншагъэмкIэ и советым и зэIущIэм зэрыхэтар, абы зыщытепсэлъыхьахэр, апхуэдэу республикэм и социально-экономикэ зыужьыныгъэм пыщIа Iуэхугъуэ щхьэхуэхэм къытеувыIащ.
— Туризмэм, мэкъумэш хозяйствэм, промышленностым я IэнатIэхэм тегушхуауэ зедгъэужьын хуейщ. А лэжьыгъэм властым и къудамэ псори жыджэру хэтыну я къалэнщ, — къигъэлъэгъуащ Къанокъуэ Арсен.
Конституцэ Судыр илъэс 20, Къэбэрдей-Балъкъэрым и хабзэубзыху IуэхущIапIэ нэхъыщхьэр илъэс 75-рэ, республикэм и Парламентыр илъэс 20 зэрырикъуар зэуIуу ягъэлъэпIэнущ. Абыхэм ятеухуа гуфIэгъуэ Iуэхугъуэхэр бжьыхьэ дызыхуэкIуэм къыхалъхьэну зэIущIэм щызэгурыIуащ.
Зэхыхьэм хэтахэм фэеплъ сурэт зытрагъэхащ.
ХЬЭЖЫКЪАРЭ Алик.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28199.txt"
} |
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я лIыкIуэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентымрэ суд органхэмрэ щыIэм теухуауэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я лIыкIуэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентымрэ суд органхэмрэ щыIэну гъэувын ДыщэкI Мадинэ Руслан и пхъур.
2. Мы Указым къару егъуэт Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен
Налшык къалэ
2013 гъэм накъыгъэм и 29-м
№78-УГ
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28202.txt"
} |
«ЛогоВАЗ»-м «Кэнжэр» хегъащIэ
Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и гуп нэхъыщхьэм щекIуэкI зэхьэзэхуэм пашэныгъэр щызыIыгъ командэхэр епщыкIузанэ джэгугъуэм Бабугент къуажэм щызэIущIащ. Хуабжьу удэзыхьэхыу екIуэкIа зэпэщIэтыныгъэм щIыпIэ «ЛогоВАЗ»-м «Кэнжэр» щыхигъэщIащ икIи, адрейхэм къащхьэщыкIри, бжьыпэр и закъуэ иубыдащ.
Зи чэзу текIуэныгъэр Щхьэлыкъуэ къыщихьри «Прохладнэр» етIуанэ увыпIэм нэс дэкIуеижащ. Абы кIэщIу иужь итщ Шэджэм ЕтIуанэм щыIэу хэгъэрейхэр бжыгъэшхуэкIэ хэзыгъэщIа «Къэхъуныр». «ГидроЭС»-ми апхуэдиз дыдэ очко иIэщ, ауэ къэхъундэсхэр нэхъапэIуэкIэ къазэрытекIуам къыхэкIыу, зэкIэ иIыгъыр еплIанэ увыпIэращ. «Кэнжэр» абы иужьыж къихутащ.
Турнир таблицэм «и гупкIэр» яхузэрыгъэгъуэтыркъым мыгъэрей зэпеуэр хуэмыхуу къыщIэзыдза «Тэрч», «СК-Союз-Сэрмакъ», «ДЕР» командэхэм. Ауэ Iуэхур иджыри жыжьэ нэсакъым икIи щытыкIэ гугъум къикIыну зэман кIыхь щыIэщ.
Фащыдогъэгъуазэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и чемпионатым и епщыкIузанэ джэгугъуэм кърикIуа бжыгъэхэм. Мис ахэр: «ЛогоВАЗ» (Бабугент) — «Кэнжэ» (Кэнжэ)- 2:1, «Ислъэмей» (Ислъэмей) — «Къэбэрдей» (Шэрэдж Ищхъэрэ) — 0:3, «Шэджэм-2» (Шэджэм ЕтIуанэ) — «Къэхъун» (Къэхъун) — 1:5, «Шагъдий» (Налшык) — «СК-Союз-Сэрмакъ» (Сэрмакъ) — 1:0, «Велес» (Къэрэгъэш) — «Автозапчасть» (Бахъсэн) — 3:2, «ДЕР» (Щхьэлыкъуэ) — «Прохладнэ» (Прохладнэ) — 0:3, «ГидроЭС» (Налшык) — «Тэрч» (Тэрч) —1:4, «Нарт» (Нарткъалэ) — «Эльбрус» (Тырныауз) — 4:2, «Спартак-Д» (Налшык) — «Бахъсэн» (Бахъсэн) — 4:4.
Хьэтау Ислъам.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28205.txt"
} |
ЦIыхугъэшхуэ зыхэлъ адыгэ бзылъхугъэ
Уз хьэлъэм хигъэзыхь цIыхум и гур гъэдэхэн, гущIэгъу хуэщIын, хуэсакъын хуейщ. Сымаджэр зыхуей хуэгъэзэныр, абы и псэм, и гум удыхьэу удэIэпыкъуныр, кIэщIу жыпIэмэ, узым зэщIиубыдар зехьэныр Iуэху тыншкъым, ар псоми яхузэфIэкIыркъым. Нобэ зи гугъу фхуэсщIынур апхуэдэ гугъуехьым щымыщтэ, цIыхугъэшхуэ зыхэлъ, псэ къабзэ зиIэ Къаскъул Люсэщ (нэхъыбэу ар къызэрацIыхур Ленэущ).
Къаскъул Люсэ (Ленэ) Ленэ и щхьэгъусэ Хъалид уз хьэлъэм зэрызэщIиубыдэрэ илъэс етхуанэ хъуащ. Инсульт къызэуэлIа цIыхухъум и щIэлъэныкъуэр къыдэбзыркъым, псалъэркъым. Ленэ ар сабийм хуэдэу зэрехьэ, зыхуей хуегъазэ, кIэлъоплъ. Сымаджэ, Iэрызехьэ куэди слъэгъуащ сэ. Ауэ согъэщIагъуэ, схуэухыркъым Ленэ шыIэныгъэу бгъэдэлъыр. Ар гуапэу, щабэу, и бзэр IэфIу бгъэдэтщ и сымаджэм.
Сэ куэдрэ Ленэ и жьэгум сихьащ. Ар фIыуэ слъагъу, пщIэ зыхуэсщI си гъунэгъу дыдэ цIыху телъыджэщ. Абы и нэгур зэхэуфауэ е сымаджэр къытехьэлъэу «сезэшащ» жиIэу къэхъуауэ сщIэркъым. «Ленэ, уи сымаджэр дауэ щыт?»,- жаIэу къеупщIIамэ, сыт щыгъуи жэуапыр зыщ: «Си сымаджэм хуэдэу щIыкIафIэ узыр зытехьэлъэхэм яхэткъым». Дэнэ кърихрэ апхуэдиз къарурэ шыIэныгъэрэ?
…Ленэхэ дохутыр щIэсу срихьэлIат. «НэхъыфI ухъуащ, сэбэп къыпхуэхъур хущхъуэм и закъуэкъым, нэхъыбэу ар и фIыщIэщ гуапэу, щабэу, бзэ IэфIу къыббгъэдэт уи щхьэгъусэ Ленэ», — къыжриIат абы щыгъуэ.
Гъунэгъури, Iыхьлыри, къэзыцIыху дэтхэнэри щыгъуазэт Ленэ гугъуехьым хэхуа и щхьэгъусэм хуищI пщIэм, еш имыщIэу абы узыр зэрыщигъэпсынщIэным къарууэ иIэр зэрырихьэлIэм.
Зи гугъу фхуэсщI адыгэ бзылъхугъэр илъэс 37-кIэ Дзэлыкъуэ куейм хыхьэ Совхознэ жылагъуэм дэт курыт школым щылэжьащ. Ар сыт щыгъуи егъэджакIуэ нэсу къекIуэкIащ. 2008 — 2009 гъэхэм Урысей Федерацэм щрагъэкIуэкIа «ЕгъэджакIуэм и илъэс» зэхьэзэхуэм абы текIуэныгъэр щызыIэригъэхьащ. Зэпеуэм хыхьауэ, гъуэгуанэм и зэхуэдитIыр къикIуауэ Ленэ и щхьэгъусэр сымаджэ хьэлъэ хъуащ. Апхуэдэу къыщылъыкъуэкIым, зэпеуэм къыхэкIыну мурад ищIат. АрщхьэкIэ, и гъунэгъухэми, анэкъилъхухэми, сыт щыгъуи дэIэпыкъуэгъушхуэ къыхуэхъуа, ноби закъыщIэзыгъакъуэ и шыпхъу ФатIимэтрэ абы и щхьэгъусэ Бэрокъуэ БетIалрэ я бынхэмрэ, псом хуэмыдэу я къуэ Мухьэмэди, и лэжьэгъухэми ипэкIэ кIуэн зэрыхуейр къыдаIыгъащ. Абы и къарур пэлъэщащ и сымаджэри зыхуей хуигъэзэну, лъагапIэми нэсыну. ИпэжыпIэкIэ ехъулIэ- ныгъэр къызыпэкIуа лэжьыгъэшхуэ зэфIихыну Ленэ хузэфIэкIащ. Абы Алыхьышхуэр дэIэпыкъуэгъу къыхуэхъуащ и сымаджэм пщIэуэ хуищIымкIэ, къару къыхилъхьащ.
Сымаджэр къабзэу, зыхуей хуэзэу зехьэным, абы и щIэупщIакIуэхэм гулъытэ, пщIэ яхуэщIыным, къыпэплъэ лэжьыгъэшхуэм пэлъэщар Ленэ и шыIэныгъэрщ жытIэкIэ, егъэлеиныгъэкъым. Ар иригъаджэ сабийхэм гурэ псэкIэ ябгъэдэтащ, хуэмыщIа унагъуэхэм къикI цIыкIухэм и мылъкукIэ тхылъхэр, еджэныгъэм зыщыхуеину хьэпшыпхэр къахуищэхуащ. Апхуэдэуи защIигъакъуэрт школакIуэхэм я адэ-анэхэм. Гъэ еджэгъуэщIэр къыщысым деж, зэхэгъэж щымыIэн папщIэ, и зэман емыблэжу, нэхъ езэгърабгъукIэ псоми зэщхьу зэреджэну тхылъхэр къахуищэхурт. ЩIэныгъэм къыдэкIуэу, гъэсэныгъэ дахи ябгъэдилъхьэрт и нэIэ щIэтхэм. Сабийхэм я адэ-анэхэми а псори зыхащIэрт, еджакIуэ цIыкIухэм яIэ ехъулIэныгъэхэр классым и унафэщI Къаскъул Люсэ зэрифIыщIэм папщIэ, пщIэ лей хуащIырт. «Ар егъэджакIуэфIщ, гъэсакIуэ ахъырзэманщ, адыгэ хабзэм сабийхэр щIэпIыкIа зэрыхъуным яужь итщ. Ленэ сабийхэр ныбжьэгъугъэр яку дэлъу зэкъуэзыгъэувэ, дэрэжэгъуэ, гуапагъэ яхэзылъхьэ, фIым хуэзыущий егъэджакIуэщ», — жаIэрт абыхэм. ИпэжыпIэкIэ Къаскъулым иригъэджахэм ящыщ куэдым щIэныгъэ нэхъыщхьэ, IэщIагъэ зрагъэгъуэтащ, пщIэ зиIэ IэнатIэхэм пэрытщ.
Абы иригъэджа цIыкIухэм ятхауэ «Солнышко» сабий журналым дыщрихьэлIащ мыпхуэдэ сатырхэм: «Люсэ хуэдэ егъэджакIуэр фIыуэ умылъагъункIэ Iэмал иIэкъым. Абы еджэным, тхэным, бжэным дыхуригъаджэ къудейкъым. АтIэ абы дыхуегъасэ пэжыгъэм, захуагъэм, гуапагъэм».
Ленэ ящыщщ адыгэбзэм нэхъри зегъэужьыным, ар щIэблэм фIыуэ ялъагъуным зи гуащIэ езыхьэлIахэм. Абы и гъэсэнхэр республикэ, урысейпсо зэхьэзэхуэхэм, фестивалхэм хэтащ икIи ехъулIэнгъэхэр щызыIэрагъэхьащ. Пермь къалэ дэт ЗэфIэкI зыбгъэдэлъхэм защIэгъэкъуэнымкIэ центрым иригъэкIуэкI Урысей чемпионатхэм Къаскъулым и гъэсэнхэр хэтащ. Абыхэм ящыщу 4-м текIуэныгъэхэр къахьри, дипломхэр къратащ, езыми щIыхь тхылъ къыхуагъэфэщащ.
Гурэ псэкIэ фIыуэ илъагъу IэщIагъэм бгъэдэт егъэджакIуэр, и гъэсэнхэми хуэдэу, район, республикэ, урысейпсо зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэ куэдым ар хэтащ икIи сыт щыгъуи ехъулIэныгъэхэр щызыIэригъэхьащ. 2008 гъэм Къаскъулым къыхуагъэфэщащ «Дерс зэIуха» урысейпсо фестивалым и диплом, мызэ-мытIэу къратащ КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм, Дзэлыкъуэ районым егъэджэныгъэмкIэ и управленэм я щIыхь тхылъхэр. 2009 гъэм Ленэ къыфIащащ «Урысей Федерацэм егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэр. Люсэ щылажьэ школым и профсоюз комитетым и унафэщIуи щытащ. Ар сыт щыгъуи хущIэкъурт я лэжьакIуэхэм я сэбэп зыхэлъхэр зэрыпхигъэкIыным. Абы и жыджэрагъымрэ пэжагъымрэ къыпэкIуащ Урысей Федерацэм ЦIыхубэ егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ я лэжьакIуэхэм я профсоюзым и медалыр. А псоми къыдэкIуэу, къыхэзгъэщынут, егъэджакIуэ IэщIагъэм къыхуигъэщIа, абы хуэпэж цIыхубзым тест дерсхэр щызэхуэхьэса тхылъ 2009 гъэм «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм къызэрыщыдигъэкIар, ноби ар къызэрагъэсэбэпыр.
ЦIыкIуми инми, жьыми, щIэми фIыуэ ялъагъу, адыгэ бзылъхугъэ щыпкъэ, ипэжыпIэкIэ егъэджакIуэ нэс Къаскъул Ленэ и лэжьыгъэри къигъэнэн, и псэупIэри ихъуэжын хуей хъуащ и сымаджэм тыншыгъуэ иIэн, ар зыхуей хуигъэзэн папщIэ. Совхознэ къуажэм щыпсэухэми, егъэджакIуэхэми я гум къоуэ псэм дыхьэ апхуэдэ цIыхур япэIэщIэ зэрыхъуар. Сэри сащыщщ абыхэм. И сымаджэм пщIэуэ хуищIым, иригъэджа цIыкIухэм щIэныгъэрэ гъэсэныгъэу ябгъэдилъхьам, дэтхэнэми и гум, и псэм дыхьэу цIыху пэжу къызэрыддекIуэкIам папщIэ, нобэ къалащхьэм щыпсэу си ныбжьэгъум гумрэ псэмрэ къабгъэдэкIыу фIыщIэ хузощI.
Апхуэдэ къалэн мытыншыр и пщэм дэлъми, Ленэ «Вагъуэ цIыкIу» сабий санаторэм пэщIэдзэ классым щIэс цIыкIухэм щадолажьэ. Мы гъэм абы и нэIэ щIэтхэм япэ классыр къаухащ.
Ленэ, уи сымаджэр къызэфIэувэжыну, уи узыншагъэр быдэу, сыт и лъэныкъуэкIи зыкъыпщIэзыгъакъуэ уи бынхэм я гуфIэгъуэмрэ насыпымрэ уи гур дыхэхъуэу, уи къарумрэ шыIэныгъэмрэ мыкIуэщIу дунейм гу щыпхуэну, гъащIэ кIыхь къэбгъэщIэну Тхьэшхуэм сыпхуолъэIури, а псори нэхуапIэ пщыхъумэ си гуапэщ.
Бышэн ФатIимэт.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28207.txt"
} |
Дахагъэм ухуэзыгъэуш сурэтхэр
Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм гъэлъэгъуэныгъэ купщIафIэ щокIуэкI. Абы япэу утыку къыщрахьащ Шэшэным щIыхь зиIэ, Ингушым и цIыхубэ сурэтыщI Закриев Магомед и IэдакъэщIэкIхэр.
Зумакулов Борис и псалъэ дахэ. Зэхыхьэм кърихьэлIат гъуазджэр фIыуэ зылъагъухэр, сурэтыщIхэр, школакIуэхэр, студентхэр.
Музейм и унафэщI Жантудуевэ Елизаветэ зэхыхьэр къыщызэIуихым, жиIащ ди щIыналъэмрэ Шэшэн Республикэмрэ дяпэкIэ зэрызэдэлэжьэнум «Зэманым и щыхьэтхэр» зыфIаща мы гъэлъэгъуэныгъэр и щIэдзапIэу зэрыщытыр, Къэбэрдей-Балъкъэрым къыдэкIуэу, Кавказ Ищхъэрэм, нэгъуэщI щIыналъэхэм зи IэдакъэщIэкIхэр щацIыху Закриев Магомед и лэжьыгъэхэр зэрыщIэщыгъуэр.
КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Темыркъан Геннадий зэхуэсахэм яхутепсэлъыхьащ Магомед зэрыдеджам, абы и гъащIэ псор гъуазджэм хуэлэжьэным зэрытриухуам, Шэшэным и щэнхабзэм хуищIа хэлъхьэныгъэфIхэр къалъытэу, медаль къызэрыхуагъэфэщам, нэгъуэщIхэми.
— Абы и лэжьыгъэхэм къыхощ Хэкум хуиIэ лъагъуныгъэ иныр. ЩIыуэпсым и щытыкIэр, гъэм и зэман зэхуэмыдэхэр — бжьыхьэ дыщафэр, щIымахуэ хужьыр, гъатхэ дыгъэпсыр, гъэмахуэ щхъуантIэр, дыгъэр къызэрыкъуэкIымрэ пщыхьэщхьэ пшэплъымрэ — удихьэхыу къегъэлъагъуэ. Сурэтхэм еплъ дэтхэнэми гу лъимытэнкIэ Iэмал иIэкъым абыхэм къарыщ щIыпIэхэм кIуэурэ къазэрытрищIыкIам, ахэр зэрыплъыфабэм, — жиIащ Темыркъаным. — Закриевым фIыщIэ худощI и лэжьыгъэ 70-м нэблагъэ ди республикэм къызэришам папщIэ. Дэрэжэгъуэрэ нэхурэ цIыхухэм зэраритым и мызакъуэу, и сурэтхэм еплъ дэтхэнэри дахагъэм, фIым, гуапагъэм хуегъэуш. Ар куэд и уасэщ.
КъБР-м цIыхум и хуитыныгъэхэмкIэ и уполномоченнэ Зумакулов Борис къыхигъэщащ гъэлъэгъуэныгъэм зэрырагъэблэгъар и гуапэ зэрыхъуар, Шэшэн Республикэм зэфIэкI зиIэ сурэтыщIхэр зэрисым Магомед и лэжьыгъэхэр щыхьэт зэрытехъуэр, а щIыналъэм и дахагъэр, гъащIэр, щIыуэпс къулейр къызэрыщ сурэтхэм зэратхьэкъуар.
Скульптор цIэрыIуэ ТхьэкIумашэ Михаилрэ сурэтыщI Абей Iэсиятрэ Закриевым и лэжьыгъэхэр щIэщыгъуэ зэращыхъуам, ягу зэрыдыхьам тепсэлъыхьащ икIи ехъулIэныгъэрэ узыншагъэрэ иIэну ехъуэхъуащ.
Шэшэн хьэщIэм фIыщIэ яхуищIащ гъэлъэгъуэныгъэр къызэзыгъэпэщахэу КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и правленэмрэ СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музеймрэ, зэхыхьэм кърихьэлIа псоми. Апхуэдэуи и псалъэм къыхигъэщащ ди республикэм ис сурэтыщI Iэзэхэр зэриныбжьэгъум зэрыригушхуэр, утыку кърихьа и лэжьыгъэхэр абыхэм къазэрыщыхъуам мыхьэнэшхуэ зэрыритыр.
Закриев Магомед теухуауэ: 1966 гъэм Шэшэн Республикэм къыщалъхуащ. Владикавказ щыIэ художественнэ училищэр (1991 гъэ), Шэшэн къэрал пединститутым художественнэ графикэмкIэ и къудамэр (2001 гъэ) къиухащ. 1991 гъэ лъандэрэ республикэ, урысейпсо, дунейпсо выставкэхэм и лэжьыгъэхэр щегъэлъагъуэ. УФ-мрэ Шэшэн Республикэмрэ я СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэхэм хэтщ, Шэшэным и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм и унафэщIым и къуэдзэщ. И лэжьыгъэхэр Волгоград областым СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ и музейм, Кадыров А. и цIэр зезыхьэ къэрал галереем, нэгъуэщI щIыпIэхэм я музейхэм щIэлъщ.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Сурэтхэр ЖАНГУРАЗОВЭ Нэжэбат трихащ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28210.txt"
} |
Сочэ егъэщIылIа адыгэ къуажэхэм заужь
Сочэ къалэ администрацэм и Iэтащхьэ Пахомов Анатолий зэрыжиIэмкIэ, 2014 гъэм екIуэкIыну ЩIымахуэ Олимп Джэгухэм, Урысей Федерацэм дуней псом щиIэ пщIэм зэрыхигъахъуэм, спортым и унэтIыныгъэщIэхэм къэралым зэрызыщригъэужьым къищынэмыщIауэ, а Iуэхугъуэм мы щIыпIэм исхэми я псэукIэр нэхъри иригъэфIэкIуэнущ.
«Сочэ и гуэдзэн» фIэкIа зыкъызыщымыхъужу екIуэкIа Лазаревск куейми дэIэпыкъуныгъэ нэрылъагъухэр иджы къыхуокIуэ: олимпиадэм хухаха «дэлэным» къыгуаупщIыкIауэ, сом мелуанищэ бжыгъэ къыIэрыхьащ. Апхуэдэ «щIэгъэкъуэным» ифI тенджыз Iуфэм Iус жылагъуэхэм я мызакъуэу, бгылъэ-мэзылъэхэм щызэбгрыпхъа къуажэхэми зарекIынум шэч хэлъкъым. Абы и щыхьэтщ Къалэжь къуажэм къыщыхъу зэхъуэкIыныгъэхэри. ЗэфIэгъэкIын хуейуэ къанэр мымащIэми, иужьрей илъэс зытIущым къриубыдэу мы жылэм я Iуэхур куэдкIэ нэхъ ефIэкIуащ. Псалъэм папщIэ, цIыхухэм я Iэпкълъэпкъым зегъэужьынымкIэ къалэн куэд зыгъэзащIэ «спорт утыку» 2009 гъэм къызэIуахащ. КъыкIэлъыкIуэ илъэсым и кум щIыуэпсым и теплъэ гъуэзэджэу, зыгъэпсэхуакIуэхэм ягу ирихьу мы щIыпIэм щыIэ Псыдахэ, Шапсыгъ псыкъелъэхэм екIуалIэ гъуэгум асфальт тралъхьащ. 2011 гъэм Хьэджыкъуэ, Къалэжь, Лыгъуэтх къуажищыр федеральнэ гъуэгум пызыщIэ Iыхьэр щIэрыщIэу зэрагъэпэщыжащ. Нэгъабэ япэ дыдэу жып телефонхэр Ашэ псыхъуэми къыщиубыд хъуащ. Иджы къалэжьдэсхэми уепсэлъэн папщIэ гугъу ущIехьыжын щыIэкъым.
ЦIыхухэр хуабжьу зыщыгуфIыкIа Iуэхугъуэшхуэу къыщIэкIащ мы гъэм и пэщIэдзэ дыдэм Къалэжь къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэр къызэрызэIуахыжари. Ухуэныгъэр и фIыщIэщ тенджыз Iуфэм Iус шапсыгъ адыгэхэм я Хасэмрэ Краснодар крайм и администрацэмрэ зэгъусэу ягъэхьэзыра программэр гъэзэщIа зэрыхъум.
«Фыкъеблагъэ Шапсыгъ хэкум!» КлубыщIэр къызэIухыжыным иращIэкIа гуфIэгъуэ зэхыхьэм цIыху куэд къекIуэлIащ. Пщэдджыжьым щегъэжьауэ мыбдежым щызэхуэс къуажэдэсхэм, «Зыуэ щыт социальнэ щхьэгъубжэ» Iуэхугъуэм ипкъ иткIэ, зэпыу ямыIэу щепсэлъащ егъэджэныгъэм, щэнхабзэм, узыншагъэр хъумэным, архитектурэм, транспортым, пощтым, нэгъуэщI IэнатIэхэми я лIыкIуэхэр. Зэхыхьэм кърихьэлIа цIыхухэм я нэгу зрагъэужьащ Лазаревск дэт Адыгэ щэнхабзэмкIэ центрым щылажьэ творчествэ гупхэм. Абыхэм ягъэзэщIа уэрэдхэмрэ утыкур зэрагъэбжьыфIа къафэхэмрэ къызэхуэсахэм ягу ирихьащ.
Сочэ и администрацэм и Iэтащхьэ Пахомов Анатолий Къалэжь къуажэм къэкIуэн и пэ къихуэу, ПсыфIыпс тIуащIэм дэс Тхьэгъэпщ адыгэ жылэми щыIащ, а къуажэми щIэрыщIэу щаухуа клубыщIэмрэ гъатхэ жьапщэм иужькIэ зэрагъэпэщыжа псэуалъэхэмрэ къиплъыхьащ, Хьэджыкъуэ жылэм щыIащ.
— Лазаревск куейм къыIэрыхьэр муниципальнэ, край IуэхущIапIэхэм къабгъэдэкI мылъкум и закъуэкъым, — и гуапэу жеIэ мэрым. — Апхуэдэу иджы дыдэ хьэрычэтыщIэ цIэрыIуэ, Адыгэ Республикэм и Президенту щыта Щэумэн Хьэзрэт езым къызэригъэпэщыжа фондым щыщу сом мелуани 10, жьапщэм зи зэран екIа Киров, Лыгъуэтх, Тхьэгъэпщ къуажищым яритащ. Сом мелуани 3-р Тхьэгъэпщ къуажэдэсхэр зэфэ псыр зрикIуэ бжьамийхэр къэгъэщIэрэщIэжынымрэ Ныгъыш псы цIыкIум и Iуфэхэр гъэбыдэнымрэ хухахынущ.
2012 гъэм Хьэджыкъуэ къуажэм къыщешха уэшхышхуэм зэхикъутауэ щытащ Асэрэтх, Мэзмей уэрамхэмрэ жылэм дэж псы цIыкIухэм я лъэмыжитIымрэ. Ахэр зэгъэпэщыжынымкIи дэIэпыкъуэгъу хъуауэ щытар Щэумэнырщ.
Къалэжь жылэм къыщIыкIуам щыгъуэ, Пахомов Анатолий абы дэс нэхъыжьыфIхэмрэ щIалэгъуалэмрэ яхуэзащ. Ар тепсэлъыхьащ Олимпиадэм и пэ къихуэу, Сочэ къалэ и экономикэм зэрызиужь щIыкIэм, социальнэ и лъэныкъуэкIэ щыIэ программэщIэхэм, щIыуэпсыр хъумэным пыщIа Iуэхугъуэхэм, нэгъуэщIхэми.
Къалэ администрацэм и унафэщIым Ашэ псыхъуэм дэсхэр къигъэгугъащ къуажэхэр зэпызыщIэ гъуэгухэр зэгъэпэщыжыным, псы Iуфэхэр гъэбыдэным, бын куэд зыпI унагъуэхэм щIы Iыхьэ яхухэхыным, курыт еджапIэхэмрэ сабий садхэмрэ зыхуей хуэгъэзэным, нэгъуэщIхэми программэ яубзыхуам тету, дяпэкIэ нэхъ егугъуу елэжьыну.
НЫБЭ Анзор
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28214.txt"
} |
Дыкъэзыухъуреихь дунейм дыхуэвгъэсакъ!
«Дыкъэзыухъуреихь дунейм зэраныгъэ еттынкъым» урысейпсо лэжьыгъэ пщэдей ирагъэкIуэкIынущ. ЩIыуэпсыр хъумэнымкIэ дунейпсо махуэм ирихьэлIэу апхуэдэ жэрдэм къыхилъхьащ УФ-м ЩIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэм.
Мы лэжьыгъэр зытеухуар дыкъэзыухъуреихь дунейм зэран хуэхъу производствэ зыгъэлажьэ юридическэ IэнатIэхэмрэ хьэрычэтыщIэ щхьэхуэхэмрэ я предприятэхэр сыхьэтитIкIэ къызэтрагъэувыIэнырщ. А зэманым къриубыдэу IуэхущIапIэхэм щелэжь хъунущ щхъуантIагъэхэр хэсэным, пщIантIэхэр зэлъыIухыным, щIыуэпсыр хъумэным теухуа семинархэр егъэкIуэкIыным.
Къэгъэлъэгъуапхъэщ 2011 гъэм и закъуэ Урысей Федерацэм къриубыдэу хьэуар зыуцIэпI пкъыгъуэ зэмылIэужьыгъуэу тонн мелуан 19-м щIигъу, псы фIейуэ кубометр мелард 16 хьэуамрэ псы ежэххэмрэ зэрыхаутIыпщхьар, лэжьапIэ IэнатIэхэмрэ унагъуэхэмрэ я кIэрыхубжьэрыхуу тонн меларди 4,3-рэ зэрыракIутар. Зы сыхьэтым тещIыхьауэ къапщтэмэ, ар хьэуар зыуцIэпI пкъыгъуэу тонн мини 2,2-м, псы фIейуэ метр зэбгъузэнатIэ мелуан 1,8-м, кIэрыхубжьэрыхуу тонн мин 490-м ноблагъэ.
Мы лэжьыгъэр зэрекIуэкIынум нэхъ зэпкърыхауэ щыгъуазэ зыщыфщI хъунущ Урысейм ЩIыуэпсыр хъумэнымкIэ и министерствэм и официальнэ сайтым.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28218.txt"
} |
Си адэжь лъахэм сызэрыщыпсэур сэ сыщIэпсэууэ щыIэм ящыщ зыщ
Ацкъан Руслан
Сонетхэр
110
КъекIынум нэху хэхуэну зыщIэр хэт.
АбыкIэ гущIэгъуншэщ мы ди гъащIэр.
дыкъыщIигъэщIар апхуэдэу къащIэ,
дызэрыщыпсэур дунейм зэт.
Ацкъан Руслан
СцIыху гуэр нэху къемыкIам яхэуващ.
Псэуащ къызэрыгуэкIыу фIэкI сымыщIэу,
иджы къыщIокI щытауэ зым емыщхьу.
Къалъхункъым абы и пIэ иувэн.
Гупсысэр зэми гъащIэм къыщхьэщытщ.
Елъагъу: мыбыкIэ щызэблэкI зэпытщ
къытехьэхэр, текIыжхэр дунеижьым.
ЗэрыщIэу ахэм я псэр си фIэщ мэхъу.
Дунейм къытехьэр зиукIыжу магъ,
дунейм текIыжыр игъей фIэкI умыщIэу.
111
Си таурыхъ, сыхуейт сынокIужыну,
си щыуагъэр къызгурыIуэжащ.
Сызэтрихури махуэ гуэрым жиным,
иджырей таурыхъкIэ усхъуэжащ.
Иджырей таурыхъыр сэ схуэхъуакъым
гъащIэр зезыгъакIуэхэм ящыщ.
Псори насыпыфIэу иухакъым,
ар къызыхэкIари къысщебзыщI.
Уэрщ зыщIапIыкIар си сабиигъуэр,
си щIалэгъуэм урищIэгъэкъуэнт.
Дызэрыгъуэтыжмэ, дызэщIыгъуу
къэблэгъа си жьыгъэм дыхуэкIуэнщ.
Иджырей таурыхъри хрет гъащIэм.
ГъащIэм дежкIэ зы таурыхъыр мащIэщ.
112
ЙокIуэкI щIы фIыцIэм хэплъэ защIэу къуаргъыр,
зыхуейр зымыщIэж гуэруи къысщымыхъу.
Итын хуейт уэгум, къеплъым игу хигъахъуэу,
езым си пащхьэ тIэкIум къыщекIухь.
Абы нэхъ сымыцIыху сэ сыхуэзакъым,
си нэгу къыщIэхуэ пэтрэ махуэ къэс.
ХэсщIыкIыр сыт абы зэригъэзахуэм,
ар зэрызмыщIэм щIыIэм срегъэс.
Зыгуэр хэлъщ къуаргъым мафIэми къелауэ,
кIэгъуасэм и мэ къыкIэрих къысфIощI.
Хэгупсысыхьу иджыпсту солъагъур,
зэригъэзахуэу Iэджэ мэхъу си фIэщ.
Хэт тыншу жызыIар и гъащIэр къуаргъым.
Лъэтэжуи хуабэ щIыпIэм ялъэгъуакъым.
113
Дунейм сыпхыдэIукIыу нэху згъэщынщ.
Гъатхэмэ гуакIуэр мывэхэми щоур.
Жыг хадэм и гъэгъахэр пыщэщын,
сыбауэмэ нэхъ ину, сэ къысщохъур.
СыпIащIэу унэм сэ сыкъыщIэкIынщ,
хьэщыкъ сыхъуауэ сыщытынщ зыкъомрэ.
КъекIэрэхъуэкI дунейм сыхишэжынщ,
жьы пакIэм ещхьу зы Iуэху гуэр къыкъуэум.
Мы гъатхэ гуэрыр, дауи, гъащIэ кIэщIщ,
гу щызмыхуауэ ари сIэщIэкIынущ.
А тIэкIур сыпэджэжу есхьэкIынщ,
армыхъумэ къуаншэу сэращ къыщIэкIынур.
Сыщыуэ хъурэ. Сэ щыуагъэу сщIыр
къыщIидзэу нэгум гъатхэм къыхэщынщ.
114
ЩэдзапIэ хъужыр зыщIэ къысхуэгъуэт,
ухыгъэ хъужыр зыщIэм сыIугъащIэ.
А тIум яку дэту жаIэри си гъащIэр,
сымыщIэу здынэсар бэлыхь сыхэтщ.
ЩэдзапIэ щыIэу хъункIэ мэхъу си фIэщ,
къызжаIэ сыхишауэ дунеижьым.
Ухыгъэ жыхуаIар си фIэщ схуэмыщIым,
щымыIэм яхэзбжэнщи, сигу згъэфIынщ.
А псор зэхуэзгъэкIуэхукIэ гъащIэр йокI,
сызыхуэмейри слъагъуу къысфIыщIокI:
дэтхэнэми зэгуэр кIэ игъуэтынущ.
Абы щышынэ си псэр мэкIэзыз,
итIани кIуэну япэкIэ хьэзырщ.
IэщIокIыр зым, адрейм IэщIэкIуэдэну.
115
Гупсысэр уафэ щхъуантIэм хызогъапскIэ,
арщхьэкIэ и мэр щIым схухэмыгъэкI.
Арыххэу пшэхэр къыстолъадэ, хъуэпскIыу,
«я хадэр» сыутауэ къыщIагъэкI.
ЖысIэнт: «Зэран сыхъуну сыхэтакъым!»
ЖысIэнт, арщхьэкIэ хэт и фIэщ схуэщIын.
Абы къагурыIуэн бзэ къызитакъым,
езым я плъэгъуэ къэс зэхызощIыкI.
ЗэфIэнэжынхэщ, Iэджэ зэрапэсу.
Лей сыхъужынщи, унэм сыкIуэжынщ.
КъыщIэнэ сфIэщIрэ мафIэ я гукъуэпсым
сыкъыхэщтыкIыу, нэху щыху сыжеинщ.
Нэху щым, къызгурыIуэнщ: щыIэжкъым хэдэ.
Гупсысэр сIэщIрекI щIы цIынэм хэту.
116
ТекIуэт зэпыту гъащIэр зыхьыр дапщэ,
апхуэдэ цIыхухэр сфIэгуэныхь мэхъужыр.
Солъагъур сэ абыхэм пщIэ зыхуащIхэм
текIуэтыр къащышынэу къащыхъужу.
Си нэгум ар щIэкIыху сыкъызокIуэкIыр.
Уэрауэ пIэрэ е сэра зымыщIэр
иджыри къэскIэ гъащIэр зэрекIуэкIыр
нэгъуэщIым гъуэгу езытхэм зэрафIыщIэр.
А псэ хьэлэлхэм согупсысыр куэдрэ,
пагагъэ гуэр сфIытенэу си тэмакъым.
Абы ящыщ сыхъуну сэ сыхэтми,
иджыри нэсу ар схузэфIэкIакъым.
Зэм сытокIуэтыр, зэм сахэтщ текIуатэм.
ЕуIэ си гур къытехуам си натIэм.
117
Псэун щIэздза къудейуэ си гугъати.
СызоплъэкIыжри — куэд къызэзнэкIащ.
Си гъащIэр ибг иуауэ къыщIэкIащ,
арщхьэкIэ сэ зыщызгъэнщIакъым гъатхэм.
Иджыри гу щысхуакъым сэ гъэмахуэм,
хэслъэгъукIари бжьыхьэм сигу къинащ.
Гъэныкъуи ахэр — си гур хъунущ нэщI,
щызеуэу и жьы щIыIэр си щIымахуэм.
ЩIымахуэм и гъуэгу псори зыщ зэрыхъур,
нэгу къыщIигъэхьэу хъуари зы сэтейщ.
Сыхуэхьэзырт абыи сытым щыгъуи,
арщхьэкIэ зыхэсщIам пIейтей сыкъещI.
Къэгъэш-нэгъэш щыIэжкъым, гъуэгур занщIэщ.
Сысейр абы къыщызэхъулIэ мащIэрщ.
118
Къэушыжащ зэгуэр сиIа гухэлъыр,
хэлъыжыр мащIэ пэтми езым щыщу.
Къызэплъыт сэри: зихъуэжащ си хьэлым,
илъэсу итри сыт хуэдиз си ужьым.
Къигъэзэжащ, кIуэда сфIэщIа гухэлъым,
щэм щыщу зым, арщхьэкIэ псом нэхъ IэфIым.
Ар псэуфынт игъащIэкIэ къыспэплъэу,
ихьат къызэрынам сымыIуэтэфу.
КъысхуэкIуэжащ иджы, сигъэпIейтейуэ,
къысщохъу зэм хамэу, зэм къысщохъу сысейуэ.
ТIум щыгъуэми си гъащIэр зэхетхъуэж.
КъыщIызодзэж иджы псэун щIэрыщIэу,
гухэлъым къызищIэнури сымыщIэу.
Си ныбжьыр здынэсам ар шэ къэуэжщ.
119
Ухуеймэ сыти жыIэ, псом нэхъыщхьэр
уэрэдырщ, псэм и хущхъуэри аращ.
Мис, нобэ гуэрым бзум уэрэд къраш,
абыхэм къахэмыкI дунейм хуэхъущIэ.
УсакIуэми и псалъэр къокI и гущIэм,
мэпсэур, и уэрэдым хилъхьэу псэ.
Абы и псалъэр ихьыжынущ псым,
къыхэзыхыжынум щыщ IумыщIэм.
Зэгуэр лъэпкъ набдзэу ялъыта усакIуэр
мэпсэур нобэ щтэIэщтаблэу, сакъыу.
Ар зэрыслъагъу къудейм гумащIэ сещI.
Узэхэзых и мащIэщ дуней иным.
Уэрэд къыщришкIэ бзум егъэпщкIур и нэр,
усакIуэр и щхьэ хуэпсэлъэжым ещхьщ.
120
Мы гъащIэр си гугъат гуфIэгъуэ защIэу,
ар сабиигъуэм хуэдэу кIуэн къысщыхъут.
Иджы, и гугъуехь Iэджэ сыхуэзащи,
сыбэлэрыгъ хъужыну си фIэщ мыхъу.
Ерагъыу зэзгъэпцIахэр икъутэжу
щыслъагъукIэ, сыкъэчэну сыхьэзырщ.
Ар къопцIыжынкIэ хъунущ сытым дежи,
уищIынри лей и дежкIэ зым щымыщ.
И гъуэгухэр зэм къигъэшу, зэм ишэщIу
зыхуейм унишэсыху уигъэпIэщIэнщ.
Жьыгъэ зыфIищ укIыпIэм уришэнщи,
зэрыщысхьыншэ дыдэри къэпщIэнщ.
Си фIэщ мыхъу щыIэу гъащIэм нэхъ лIыукI.
ИкIэм-икIэжым зы псэ IэщIэмыкI.
121
И закъуэ лIыгъэм сыт хузэфIэкIыну.
Хуежьэнщ ищIыну я нэхъ бгылъэр тафэ.
Хуейр къегъэлын IэщIэукIэнкIэ хъунущ,
зэщIигъэстынущ гъэункIыфIын хуей мафIэр.
Къыщепхъуэ лIыгъэм и нэр языныкъуэм,
апхуэдэм деж бгъуэтынкъым нэхъ шынагъуэ.
Хуейщ и гъусэн абы къыжьэдэзыкъуэ,
хуэныкъуэщ зэпымычу гъуэгугъэлъагъуэ.
Псэр езышажьэу зымыхъумэж лIыгъэ!
Абы сыщегупсыскIэ нэр сфIоплъызыр.
Гухэлъ мыкIуэщIырщ гъусэу ар зылъыхъуэр,
зэригъэплъэкIыжу зэзэмызэ.
ЛIыгъэм гухэлъыр гъусэ хуэхъуу щытмэ,
уемыжьэу жэщым гъакIуэ вагъуэ щыпэ.
122
ПщIыхьэпIэм я нэхъ гугъур хъуат нэхуапIэ,
щыхуэкIуэжари зыр адрейм сыт щыгъуэ.
БлэкIам къыхэсхыу иджырей лIэщIыгъуэм
къыщыхэсшияра хъунщ си лъапэр.
Хъарпшэрущ зэрысщIэжыр а тэлайр,
абдежым зыхэсщIар пхуэIуатэм щыщкъым.
Къэса лIэщIыгъуэр къызэIусэ щыхъум,
тхытхат си щIыфэр, сигукIэ сыпэплъами.
КIыргъат я зэпыхьэпIэр лIэщIыгъуитIым
е къысфIэщIа, гупсысэм сыздыхэтым.
ТIум щыгъуэми — удапIытIэныр зырикIт.
АрщхьэкIэ гъащIэр макIуэ, сытми пхыкIыу,
хэщIаи мы лIэщIыгъуэми хэпщIыкIыу.
ПщIыхьэпIэ нэхъ гугъуж солъагъур сэрикI.
123
И щIагъым си псэм псынэ щIэж къысфIощI,
и макъыр IупщIу щызэхэсхи щыIэщ.
Ар къыщежьауэ жыжьэ мэхъу си фIэщ,
и щхьэусыгъуэр куэдщ щIэхъуам ар щIыIэ.
Иджыри къэс и нэгу щIэкIам поджэж,
сызэрыжейр щимыди къыфIыхэхуэу.
Ар си дауэгъу е си псэм и Iэдэж,
нэщхъей сыщыхъу дэIэпыкъуэгъу къысхуэхъуу?
ТIум щыгъуэми ар си псэм и гъусэнщ,
зэм хъууэ щэху, зэм и уэрэдыр щызу.
ЗдэпIащIэм зы щыхупIэ къахуэзэнщ,
и лъащIэм уеплъыхам унэмыплъысу.
Зыр иукIынщ. Зыр ежьэжынщ джэгужу,
нэгъуэщIым и псэ щIагъым къыщыушэу.
124
Мы гъащIэм щIыгъуу сигуми зигъэзащ.
КъызэупщIауэ ар зи гугъэр щоуэ.
Иджырей гъуэгум сытехьакъым сщIэуэ,
сымыщIэури мыбдежым сыкъэсащ.
Зыкъызоплъыхьри, хамэр сыту куэд.
Къыстеубыдами я нэр сыкъалъагъукъым.
Сыхуэхьэзыру сыкърихьэлIакъым,
саутIыпщыжам, иужькIэ сыкъэкIуэнт.
Сахоплъэ сызыхуэзэхэм гумащIэу.
Яхэтщ щызгъэунэхуахэр куэдрэ гъащIэм,
нэхъыбэм сэри хуэдэщ сыкъацIыху.
АрщхьэкIэ зы псэ, гъуэгум къыщысIущIэу,
уздэкIуэр дэнэ жиIэу къызэупщIкъым.
Аращ псом нэхъ шынагъуэр, си къуэш цIыкIу.
125
Зэригъэзахуэ къомым и щIыIужкIэ
цIыхугур тэрэзэуи къыщIокIыжыр.
Нэхъыбэу сыт абы ишэчыр жыпIэм,
къытехьэрщ лейуэ ар щышачэм зи бгъэм.
А тэрэзэр зэбгъапщэ хъун щымыIэ,
и гуапэщ хуабэр, егъэдий ар щIыIэм.
Абы зымащIэ дыдэри зыхещIэ,
апхуэдэм гугъущ и Iуэхур — ари ещIэ.
ЗымыщIэр хэт цIыху цIыкIум и псэукIэр,
псэукIэ зэримыщIэрщ ар зыукIыр.
Бжыгъэншэщ езым лейуэ зрихыжыр.
АрщхьэкIэ, гъэщIэгъуэныр мис аракъэ,
а псом пэшэчи кърахам щыщ лей цIыкIу закъуэ —
абыкIэ тэрэзэр иришэхынущ.
126
ЩIы фIыцIэм щыму хоплъэ жыгей иныр,
сакъыпэу уафэ лъащIэм ходэIухь.
Аргуэру сфIытоплъызэ жыгым си нэр,
абы къыпих мэ гуакIуэр Iум йоткIухь.
Абы къысщохъу зыгуэркIэ сриблагъэу,
дызэрызэщхь лъэныкъуи къызогъуэт.
А жыгыр зэрищIэжрэ гумызагъэщ,
а тIэкIур зэрысщIэжрэ силъми хэтщ.
Игу щыщIэр жыгым куэдрэ къыпхыпсынущ,
щIым гъуэгуу иIэм, плъагъукъэ, нэщхъ яхуещI.
Абы зэрихьэ зэшым сынэсынум
си гъащIэм хуэдэ куэд иджыри хуейщ.
Тхытхащ и щIыфэр слъагъуу жыгеижьым.
И нэгу къыщIыхьэжар нэхъыфIщ сымыщIэм.
127
Ар щытат си япэ лъагъуныгъэу,
насыпыфIэ сщIыну сыхэтат.
Зэпымычу си нэхэм къалъыхъуэ,
апхуэдиз илъэс дэкIарэ пэт.
НасыпыфIэ сщIын схузэфIэкIакъым,
насыпыншэ зым ар хуэмыщIынт.
Ар къыщIэщырт щхьэхуэу уафэ щIагъым,
сэ иджыри адрей псом сащыщт.
Ар хьэзырт сищIыну езым хуэдэ,
сызыщыщыр дэнэ сыбгъэхьынт.
Мис апхуэдэу дэ дызэфIокIуэдыр,
къритхар ди натIэм ара хъунт.
Дунейм темытыжу ар зыхэсщIэм
хъуну нэщI си гъащIэр щхьэ къысфIэщIрэ.
128
ГукъуэпскIэ сыпыщIащ мы дунеижьым,
си адэжь лъахэм бынжэкIэ сепхащ.
Дунейм си лъахэм и гур фIы къыхуищIым,
си гъащIэм напIэзыпIэм ар къыхощ.
Си адэжь лъахэм сызэрыщыпсэур
сэ сыщIэпсэууэ щыIэм ящыщ зыщ.
ИсыкIмэ гъащIэр къыспэщылъым сэри
сызэрыщышынэр сымыбзыщI.
СыщегупсыскIэ си псэр зэрыхъунум
зи нэгу сиплъари сщIыгъуу щIыIэм ес.
Мы дунеишхуэм тIэкIу трагъэтыну
сэ сыхуолъаIуэ си псэм махуэ къэс.
Адрей дунейм Iэпхъуакъэ — ар хэхэсщ.
Узэхъуэпсэн хэхэсым лъамыгъэс.
129
СыдэплъэжыхукIэ си гум и плIанэпэ,
дунейм и тыгъэ куэд къызогъуэтыж.
Иджыри зы жыг закъуэм пыткъым тхьэмпэ
щэху дыдэу схухимышу уэрэдыжь.
Си фIэщ имыщIу дыгъэ бзийм хулъэкIыр
иджыри щIым удз налъэ къыхэмыкI.
Плъэгъуакъэ мо щхьэгъубжэхэм я плъэкIэр,
дэгушхуэу унэм щIэсхэм холыдыкI.
Зыгуэр гуфIэжу къакIуэу къэслъэгъуащи,
Зы хуабэ гуэр щызэбгрокIыр псэм.
А псори зэхохьэжри — сагъэпIащIэ,
а псори зэщIохьэжри — сагъэпсэу.
Насыпыр и хьэзырщ сыт щыгъуи гъащIэм.
Ар Iэбэу къэзыщтэфыр сыту мащIэ.
130
Зэгуэр слъэгъуа пщIыхьэпIэм согъэзэж
абы хэтам щыщ куэд си нэгу щIэкIауэ.
Лъапсэжь сыкъыщалъхуам щызэхуозэж
пэж дыдэ хъуамрэ пцIыуэ къыщIэкIамрэ.
Ди хадэм имытыж жыг закъуэ фIэкI,
а зыри нэщхъей дыдэу щIылъэм хоплъэ.
Щэху дыдэу шындэбзиймкIэ сыкъокIуэкI,
сыносри, ди унэжьым — нэпсыр къоблыр.
Пхъэ дэкIуеипIэ тIэкIур хъуащ ныкъуэф,
къекIэкIыжа удзыжьыр къызоплъ пагэу.
СыпхокI, къилъэту си гур сыбэкъуэху,
IэфIыщэу къысIуроуэ и мэр лъахэм.
Къыспежьэу слъагъури симыIэж си анэр,
исащ си гущIэр къепхъуа шыпсыранэм.
131
Укъыдэзыхынур къыздикIынур
зыщIэр хэт, си лъахэ, зыщIэр хэт.
А зыращи сэ схузэфIэкIынур
ар къыпхуэзылъыхъуэхэм сахэтщ.
СигукIэ соджэ, къыспэджэжи щыIэщ,
ауэ къыщысынур къысщебзыщI.
Ар къыкIэрыхуауэ къызжумыIэ,
къэзгъэщIар итIанэ сытым щыщ.
Уэрам кIыхьым цIыхуу куэд щызоуэ,
зи нэр плъыз яхэту къысщыхъуащ…
Апхуэдиз уэ пхузэблэкIым зэуэ
дызыхуейр хэмыту хъун си фIэщ.
Iуэху Iэмалыншэ, Iуэху ин пэрыувэм,
шхий зымыIэтым еIэт абрэмывэ.
132
Си щIыфэр игъэтхытхыу зыхызощIэ
къызэрыщIэплъэр си нэм дуней иныр.
Абы жиIэнум щыщу куэдыр сощIэ,
къытригъэзэжмэ, гугъу сригъэхьынущ.
Сщхьэщызыхыфу зэшыр зэкIэ сиIэр
сабийм и закъуэщ, езым сыкъимыщIэу.
Плъэгъуарэт ар къызэрыщIэплъэр си нэм,
мы дуней псом и плъэкIэр сщигъэгъупщэу.
КъысхуищIмэ дзыхь, къысхуимыщIа щымыIэ.
Сэ согужьей, ар сфIощIри къагъэпцIэну.
Абы сыщегупсыскIэ, сесыр щIыIэм,
къытесэу уэсыр си гур мэхъур пцIанэ.
СызэрылIэжынур къищу щытмэ уэгум,
сызэрыпсэунур къощ сабийм и нэгум.
133
Сэ нобэ зэрымыщIэкIэ сихуащ
щысхьыншэу схуэдэр щагъэунэху щытыкIэ.
Лъэтэж бзу гуэрхэм дамэхэр къысхуащI,
гъунэгъу къызэрысхуэхъуу — щагъэтыжыр.
ЩIыналъэ жыжьэм и уэрэд къраш,
къалъытэрэ си деж нэхъ щыпхыкIыну.
Сыкъагъэгугъэ хуэдэу къысщыхъуащ
къыщылъэтэжкIэ сыкъыздашэжыну.
ХуэпIащIэу хуабэм бзум я гъуэгу хагъэщI,
хагъапщкIуэ я уэрэдым псом нэхъ пэжыр.
Сыкъонэри мыбдеж — зэшыгъуэ хъуащ,
абы я ужь сиувэм — сыунэншэщ.
Яхэдэ, сигу, а тIум уэ урикъухукIэ.
Зэману уиIэр бзухэр блэлъэтыхукIэщ.
134
Къуаншагъэ зымыщIауэ сыт хуэдиз
лъэхъуэщым ис. СащIогупсыс абыхэм.
Слъагъу хуэдэщ: гуныкъуэгъуэр я бгъэм изщ.
Ещхь сфIощI плIанэпэм дагъэува сабийхэм.
Сабий псэкъабзэр джэгуу ежьэжынщ,
щыгъупщэжынщи зэращIар и жагъуэ.
Лъэхъуэщым исым и фIэщ пхуэщIыжын
къытебгъуэтэну дуней псом пэжыгъэ.
ДэкIынщ зэман. Абы къигъэзэжынщ,
щIэукIытэн имыIэми укIытэу.
Хэт хъунщ пэIэщIэ, хэт и фIэщ хъужынщ,
арщхьэкIэ мыхъужын блэкIар хэмыту.
Къыхуэна гъащIэр игъэкIуэнущ, ещIэ,
зи уIэгъэжьыр къэушыжым ещхьу.
135
А жыгым дэрэ дызэрыщIэрт псэкIэ.
Сигу хэхъуэу сэ абы сыхудэплъейт.
Къызэплъ езыри, зримыгъэзэкIыу,
абдеж щызекIуэр игу къэмыщIэгъуейт.
ХуэмыгъэпщкIунут зэрыпыгуфIыкIыр.
Щигъэубзэнт и тхьэмпэр си щхьэщыгу.
Ар сфIэгуэныхьт зэрыземыкIуэм щхьэкIэ,
езым къызэрызжыхьыр фIэемыкIут.
А тIэкIурт дэлъыр дяку тхузэтемыхуэу.
Апхуэдэу гъащIэ кIыхь къызэднэкIащ.
СызекIуэрейт сэ, сыкъалъхуати цIыхуу,
гъуэгу сыздытетым жыгыр сIэщIэкIащ.
Ар паупщIащ. Итыжкъым и пIэм жыгыр.
И псэм, зыхэсщIэу, дунейм къыщежыхьыр.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28221.txt"
} |
Къабзагъэм хуагъасэ
ЦIыкIухэм я махуэшхуэм ирихьэлIэу КъБР-м узыншагъэр хъумэнымрэ курортхэмкIэ и министерствэм зэIущIэ гъэщIэгъуэн икIи щхьэпэ Республикэ сабий клиникэ сымаджэщым щригъэкIуэкIащ. «Къабзагъэр узыншагъэщ» фIэщыгъэм щIэту къызэрагъэпэща зэхыхьэм и къалэн нэхъыщхьэр сымаджэщым щIэлъ сабийхэр узыфэ зэрыцIалэхэр къезыхьэкI микробхэр къызыхэкIымрэ абыхэм зэрызыщахъумэнымрэ егъэщIэнырщ.
Министерствэм и лэжьакIуэхэм я гъусэу сабийхэм яхуеблэгъат НыбжьыщIэхэм я театрым и артистхэр.
— Нобэ дэ фэдгъэлъагъуну спектаклым цIыхум хэлъ хьэл мыхъумыщIэ куэдым гу лъывигъэтэнущ, — жиIащ театрым и унафэщI Нало Аскэр. — ЦIыхур узыншэу щытынымкIэ абы и псэм и къабзагъми куэд елъытащ. Мы таурыхъ цIыкIум феплъа нэужь, фызыщIэгупсысыжи, абы зи гугъу щыщIа хьэл мыхъумыщIэхэм хуэдэ фхэлъмэ, зэрызыхэвныным фыхущIэкъу.
АдэкIэ артистхэм ягъэлъэгъуащ «Хьэл мыхъумыщIэхэм я къуажэ цIыкIу» спектаклыр. Абы щытепщэт ПцIыр, Щхьэхынагъэр, Нэпсеягъэр, Ерыщагъэр. Абыхэм езыхэм хуэдэ щымыIэу, псом нэхърэ нэхъыфIу цIыкIухэм зыкъыщагъэхъуну хэтт. АрщхьэкIэ спектаклым и лIыхъужь нэхъыщхьэ хъыджэбз цIыкIум езым и щапхъэкIэ наIуэ ящищIащ а хьэл мыхъумыщIэхэр гъащIэм икъукIэ зэран зэрыщыхъур, абыхэм ящыщ зы фIэкIа пхэмылъми, фIым узэрыхуимышэнур.
Спектакль нэужьым цIыкIухэм къахыхьащ Айболит дохутырыр. «ЦIыкIухэ, — жиIащ абы, — гу зэрылъыфтащи, Iэдэбагъымрэ щэныфIагъымрэ цIыхур егъэдахэ. Ауэ, абы къищынэмыщIауэ, дэтхэнэ зыри и теплъэкIэ дахэу, къабзэу щытын хуейщ. Сэ, псалъэм папщIэ, фIыуэ слъагъуркъым, зыкIэлъымыплъыжу, IэфIейлъэфIейуэ щыт цIыкIухэр. ФIейм узыфэ зэрыцIалэ куэд къыхокI».
Сабийхэм IэнэщIу къахуэкIуатэкъым КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымрэ курортхэмкIэ и министерствэм и лIыкIуэхэри. Абыхэм сымаджэщым щIэлъ сабийхэм я щхьэ зэрыкIэлъыплъыжын хьэпшып цIыкIухэр саугъэт хуащIащ.
— Къабзагъэр узыншагъэм и Iыхьэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ, — жиIащ КъБР-м узыншагъэр хъумэнымрэ курортхэмкIэ и министр Шэт Ирмэ. — Псом хуэмыдэу сытым дежи къабзэу щытын хуейщ ди Iэхэр. Ахэращ нэхъыбэу микробхэр къезыхьэкIыр. Гъэмахуэ лъэхъэнэр къэсащи, пхъэщхьэмыщхьэхэмрэ хадэхэкIхэмрэ дяпэкIэ куэду щыIэнущ. Ахэр фшхын и пэкIэ къабзэу фтхьэщIын хуейщ, абы иужькIи фи Iэхэм псы дэвгъэжэхыжынуи зыщывмыгъэгъупщэ. Фи Iэхэр щIэх-щIэхыурэ фтхьэщIу зевгъасэмэ, нэхъ микроб шынагъуэ дыдэми зыкъыфпыIуидзынущ.
ЩхьэщэмыщI Изэ.
Сурэтхэр Холлаевэ Любэ трихащ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28229.txt"
} |
ХьэрычэтыщIэ нэхъыфIхэр ягъэпажэ
«Налшык къалэ и хьэрычэтыщIэ нэхъыфI» зэпеуэм щытекIуахэр «Синдикэ» интур-хьэщIэщым накъыгъэм и 24-м щагъэлъэпIащ. Абы теухуа зэхыхьэм хэтащ IуэхущIапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм я лIыкIуэхэмрэ хьэрычэтыщIэхэмрэ.
ХьэрычэтыщIэ цIыкIумрэ курытымрэ къэралым и экономикэм зегъэужьынымрэ цIыхухэм лэжьапIэ егъэгъуэтынымкIэ щаIыгъ увыпIэр наIуэ щIын, лэжьэкIэ пажэхэм адрейхэр дегъэхьэхын мурадырщ зи гугъу тщIы Iуэхугъуэм къалэн нэхъыщхьэу зыхуигъэувыжыр. Зэпеуэр къызэгъэпэщын зэрыщIадзэрэ блэкIа зэманым къриубыдэу республикэм IуэхущIапIэ куэд къыщызэIуахащ, ди бизнесменхэмрэ нэгъуэщI щIыпIэхэм я хьэрычэтыщIэхэмрэ зэпыщIэныгъэфIхэр зэхуаIэ хъуащ.
Къызэхуэсахэм пшыхьыр ящIэщыгъуэн, зэбгрыкIыжа иужькIи ягу къинэжын папщIэ ар езыгъэкIуэкIахэу Къэбэрдей-Балъкъэр Музыкэ театрым и солист Абэнокъуэ Рустамрэ продюсер Iэщхъуэт Ритэрэ ялъэкI къагъэнакъым. Зэхыхьэм и пэщIэдзэм Куэшей Алик зи унафэщI «Нал цIыкIу» къэфакIуэ гупым утыкум зыкъыщигъэлъэгъуащ.
Пэублэ псалъэкIэ зэхыхьэм къекIуэлIахэм захуигъэзащ Налшык къалэ администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Кучуковэ Мадинэ.
Накъыгъэм и 25-р хьэрычэтыщIэхэм я махуэу ябж, — жиIащ абы. — Ар абыхэм даIыгъын папщIэ мыбы къыщызэхуэса псоми фIыщIэ фхудощI. Езы хьэрычэтыщIэхэми дигуми ди псэми къыбгъэдэкIыу фи махуэ лъапIэмкIэ дынывохъуэхъу. ЕхъулIэныгъэфIхэр сытым дежи фиIэрэ фи гуащIэдэкIым и хъер флъагъужу, дунейм гъащIэ кIыхь щезы- хьэкIын Тхьэм фищI!
Налшык къалэ округым и хьэрычэтыщIэхэм я «Зэдэлэжьэныгъэ» ассоциацэм и, правленэм и тхьэмадэ ГуэбэщIыкI Жантемыр зэхьэзэхуэм жыджэру хэтахэм ехъуэхъуащ, апхуэдэуи хьэрычэтыщIэ IэнатIэ цIыкIухэм нобэрей ди гъащIэм щагъэзащIэ къалэным и мыхьэнэм, республикэм и щыхьэрым и экономикэм хуащI хэлъхьэныгъэр зыхуэдэм икIи дяпэкIи я зэфIэкIым хагъэхъуэну зэригуапэр къыхигъэщащ.
— Иджы епщыкIузанэу мыпхуэдэ Iуэху дахэкIэ дызэхохьэ. Зэхьэзэхуэм щытекIуэ хьэрычэтыщIэхэм республикэм и щыхьэрым и экономикэ IэнатIэ мыинхэм бжьыпэр щаIыгъщ, — жиIащ ГуэбэщIыкI Жантемыр. — Нобэ Налшык щыIэщ IуэхущIапIэ цIыкIурэ курыту мин 14-м щIигъу. Абыхэм цIыху мин 70-м нэблагъэ лэжьапIэкIэ къызэрагъэпэщ.
Зэпеуэм хэтыну хуейхэр къыщыхахым, къалъытащ я хэхъуэмрэ я зыужьыкIэмрэ зыхуэдэр, цIыхухэр IэнатIэкIэ къызэрызэрагъэпэщыр, налогхэр зэрат щIыкIэр, псапащIэ Iуэхухэм зэрыхэтыр, инвестицэу къагъэсэбэпыр, ику ит улахуэу ятыр зэрыхъур. Псори зэпалъытри, унэтIыныгъи 8-м щытекIуахэр ягъэбелджылащ. Ахэр хэтми наIуэ къыщыхъуар я цIэ-унэцIэхэр зытетха тхылъымпIэхэр чэзууэ конвертхэм къыдаха нэужьщ.
«2013 гъэм Налшык къалэм и хьэрычэтыщIэ нэхъыфI» зэпеуэм «Мэкъумэш IэнатIэхэмрэ ерыскъыпхъэхэмкIэ» унэтIыныгъэм щытекIуауэ къалъытащ — «Налшык щIакхъуэ» ООО-р (унафэщIыр Шыгъушэ Борисщ), «Промышленностыр, транспортыр, связыр» — «Азот» ООО-р (Къалэ Анатолэ), «Сатум и IэнатIэм» — хьэрычэтыщIэр Нэзэр Ксениещ, «Жылагъуэ шхапIэм» — «Эльдорадо» ООО-р (Бэлахъуэ Вячеслав), «УхуэныгъэмкIэ, псэуалъапхъэхэмрэ абыхэм ирахьэлIэ пкъыгъуэхэр гъэхьэзырынымкIэ, архитектурэмкIэ» — «Астероид» ООО-р (Болэт Мухьэмэд), «IуэхутхьэбзэхэмкIэ» — «Бора Маиса» ООО-р (Тхьэщыгугъ Эллэ), «ПсэупIэ-коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэмрэ экологиемкIэ» — «Эколог Плюс» ООО-р (Абыкъу Лъостэмбэч), «Инновацэ лэжьыгъэхэмкIэ» — «ХъыбарегъащIэ-коммуникационнэ технологиехэр» ООО-р (Солодовниковэ Ольгэ).
Номинацэ щхьэхуэхэмкIэ зэпеуэм щытекIуауэ къалъытащ: «УлахуэфI зэритым папщIэ» — хьэрычэтыщIэ Нэзэр Ксение, «ЛэжьапIэ IэнатIэ нэхъыбэ къызэрызэригъэпэщым щхьэкIэ» — «Вертикаль-Юг» ООО-р (унафэщIыр Къэблыхь Мурединщ), «Бзылъхугъэ гуащIафIэ» — «Мраморный двор» шхапIэр (Къумыкъу Эммэ), «Налшык къалэ округым, зи ныбжькIэ щIалэхэм ящыщу, ехъулIэныгъэ зиIэ хьэрычэтыщIэ» унэтIыныгъэмкIэ «Шагъдий» ООО-м и унафэщI Нэгъуей Заур.
Зэпеуэм и «Дыщэ нал» дамыгъэр, дипломхэр, саугъэт лъапIэхэр текIуахэм иратащ.
«Нал цIыкIу» къэфакIуэ гупым нэмыщI, зэхыхьэр ягъэбжьыфIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Музыкэ театрым и артистхэм ягъэзэщIа уэрэдхэмрэ бальнэ къафэхэмрэ.
Тхыгъэри сурэтри
КЪУМАХУЭ Аслъэн ейщ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28237.txt"
} |
Нобэ
Бийр къащытеуам хэкIуэда сабийхэм я дунейпсо махуэщ. ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм унафэкIэ ягъэуващ, 1982 гъэм мэкъуауэгъуэм и 4-м Израилым и кхъухьлъатэхэм Ливаным и къалащхьэ Бейрут бомбэхэр щыщрадзыхам абы сабий куэд дыдэ хэкIуэдауэ зэрыщытам хуэдэ гузэвэгъуэ къэбгъэхъу зэрымыхъунум и дамыгъэу.
Ингуш Республикэр къыщызэрагъэпэща махуэщ
1856 гъэм Третьяковскэ галереер къызэIуахащ.
1943 гъэм Налшык щекIуэкIащ фашистхэм я бийуэ республикэм и цIыхубзхэм къызэрагъэпэща пэкIур.
Мэкъуауэгъуэм и 4 — 6-хэм Гватемалэм щызэхэтынущ америкэ къэралыгъуэхэм я зэгухьэныгъэм и Ассамблее нэхъыщхьэм и 43-нэ сессиер.
Мэкъуауэгъуэм и 4 — 7-хэм Санкт-Петербург щекIуэкIынущ ХХII Дунейпсо банк зэхуэсышхуэр.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 21 — 23-рэ, жэщым градус 13 — 16 щыхъунущ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28240.txt"
} |
Тутыным и пIэкIэ — мыIэрысэ
Тутын емыфэным и дунейпсо махуэм хуэгъэпсауэ КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымрэ курортхэмкIэ и министерствэм къызэригъэпэща Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэн «Вестер-Гипер» тыкуэным дыгъуасэ щекIуэкIащ. Ар къыдаIыгъащ КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэмрэ республикэм и Жылагъуэ палатэм и ЩIалэгъуалэ советымрэ.
«Тутыным и пIэкIэ — мыIэрысэ» зыфIаща зэхыхьэр хуэгъэпсат цIыхухэр гъащIэ узыншэм къыхуеджэным, тутын ефэным къишэ зэраныгъэ псори нэхъ куууэ зыхегъэщIэным. Тыкуэн щIыхьэпIэм и деж къыфIадза плакатхэм къыщыгъэлъэгъуат тутын ефэным узыфэ куэд къызэрыхэкIыр, къищынэмыщIауэ ар зи Iэпэгъум езым и щхьэм и мызакъуэу, абы и Iугъуэр зыщIригъэхуми и узыншагъэм зэран зэрыхуэхъур.
— Мэкъуауэгъуэм и 1-м щегъэжьауэ республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и IуэхущIапIэхэм зыри тутын щефэ хъунукъым, — жиIащ КъБР-м узыншагъэр хъумэнымрэ курортхэмкIэ и министр Шэт Ирмэ. — Тутын емыфэным теухуауэ къыдагъэкIа хабзэм дэ ткIийуэ дытетынущ, гъащIэ узыншэ ехьэкIынымкIэ псом япэу щапхъэу щытын хуейр дохутырхэращ. Дыщогугъ нобэ зэхэтша Iуэху щхьэпэм и сэбэпынагъ гуэр цIыхухэм екIыну, апхуэдэ щIыкIэкIи я узыншагъэм гулъытэ нэхъыбэ хуедгъэщIыфыну.
КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымрэ курортхэмкIэ и министерствэм ЦIыхухэм узыфэхэм зыщахъумэжынымкIэ лэжьыгъэхэр езыгъэкIуэкI и медицинэ центрым и лэжьакIуэхэм тыкуэным къекIуалIэхэм ящыщу гупыж зыщI дэтхэнэми и тхьэмбылым и щытыкIэр спирометр IэмыпсымэмкIэ къапщытащ, тутыным нэхъ тыншу зэрызыщагъэужынум ехьэлIа чэнджэщхэр иратащ.
КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и ЩIалэгъуалэ советым хэт ныбжьыщIэхэр къабгъэдыхьэхэм ярыхуэупсэну гъащIэ узыншэм, щIалэгъуэм я дамыгъэу мыIэрысэ щхъуантIэ дахэхэр стIолым къытралъхьат. А пхъэщхьэмыщхьэр узыншагъэмкIэ зэрысэбэпыр жраIэурэ ахэр тутыным и пIэкIэ иратырт. «Нобэ мыбдеж къекIуэлIахэм махуэм ираф тутыныр зыкIэ нэхъ мащIэ тхуэщIмэ, ари куэд и уасэщ, — жаIащ ныбжьыщIэхэм. — Шэч хэлъкъым мы Iуэхум кърихьэлIа дэтхэнэри зэхихам зэрызыщIигъэгупсысыжынум. Дыщогугъ абы иужькIэ гъащIэ узыншэм и телъхьэхэм я гупым къыхэхъуэну».
ЩхьэщэмыщI Изэ.
Сурэтыр Холлаевэ Любэ трихащ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28243.txt"
} |
Тхылъым и дуней гъэщIэгъуэн
Сабийхэр хъумэным и дунейпсо махуэм ирырагъэхьэлIэри, Прохладнэ куейм щылажьэ библиотекэхэм Iуэхугъуэ дахэхэр щрагъэкIуэкIащ. Мэкъуагъуэм и 1-м а IуэхущIапIэхэр хъуат сабий тхылъым и дуней гъэщIэгъуэн.
ГуфIэгъуэм хэтащ сабийхэри балигъхэри. ЦIыкIухэр видео-викторинэхэм, усэ къеджэнымкIэ, уэрэд жыIэнымкIэ, къэфэнымкIэ зэпеуэхэм хэтыхукIэ, адэ-анэхэм библиотекархэр ядэлэжьащ. Абыхэм чэнджэщ щхьэпэхэр иратащ сабийхэр тхылъым еджэным зэрыхуэбущииным ехьэлIауэ.
— Мыпхуэдэ зэIущIэхэр хуабжьу щхьэпэщ адэ-анэхэми абыхэм я бынхэми я дежкIэ, — жиIащ Маяковскэм и цIэр зезыхьэ куей библиотекэм и унафэщI Мороз Ольгэ. — Иджырей щIэблэр тхылъым дедгъэхын папщIэ зэхуэзэ зэмылIэужьыгъуэхэр сыт щыгъуи къыщызыдогъэпэщ ди библиотекэхэм.
ТАМБИЙ Линэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28245.txt"
} |
Гукъыдэж ин
Налшык дэт къалэ сымаджэщ №1-м Сабийхэм я дунейпсо махуэр щагъэлъэпIащ. Хабзэ хъуауэ, сымаджэщым щIэлъ сабийхэм папщIэ абы и пщIантIэм иIэ губгъуэ цIыкIум илъэс къэс махуэшхуэ щызэхашэ. Сымаджэщым щIэлъ сабийхэмрэ абы и лэжьакIуэхэм я бынхэмрэ нэмыщI, кърагъэблэгъат Нартан дэт интернатым и гъэсэнхэр.
Махуэшхуэр щекIуэкI щIыпIэр шар зэмыфэгъухэмрэ нып цIыкIу щхъуэкIэплъыкIэхэмкIэ гъэщIэрэщIат. ЦIыкIухэм хуагъэуващ IэфIыкIэ куэду зытелъ стIол, сабий творческэ гупхэм зыкъагъэлъэгъуащ, саугъэтхэмкIи ягъэгуфIащ.
Нэгузыужь зэIущIэм хэтащ КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымрэ курортхэмкIэ и министр Шэт Ирмэ. Ар сабийхэм ехъуэхъуащ, дяпэкIэ сымаджэщым кIуэн хуей хъумэ, я узыншагъэр кърагъэпщытэн щхьэусыгъуэкIэ фIэкIа трамыгъэзэну. Апхуэдэу министрым фIыщIэ яхуищIащ сымаджэщым и лэжьакIуэ гупым, хабзэ дахэ яхуэхъуауэ махуэшхуэр къызэрызэрагъэпэщым папщIэ.
Сабийхэм я махуэшхуэм хэтащ Эверест бгым дэкIа альпинист цIэрыIуэ Ольмезов Расул.
Къалэ сымаджэщ №1-м и дохутыр нэхъыщхьэ Щоджэн Николай махуэшхуэр къадэзыIыгъа псоми псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ, сабийхэмрэ адэ-анэхэмрэ узыншагъэ быдэрэ насыпрэ яIэну ехъуэхъуащ.
Щомахуэ Лилэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28250.txt"
} |
УФ-м и Къэрал Советым и зэIущIэ
Урысей Федерацэм и Къэрал советым и зэIущIэу УФ-м и Президент Путин Владимир Кремлым щригъэкIуэкIам хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен. Ар зэрекIуэкIам теухуауэ абы жиIащ:
«Къэрал Советым щытепсэлъыхьащ иджыпсту псори нэхъ зытегузэвыхьхэм ящыщ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэм и щытыкIэм. ИкъукIэ тэмэмщ мы Iуэхур щIыналъэм и Iэтащхьэхэмрэ Правительствэм и лIыкIуэхэмрэ кърихьэлIэу къызэраIэтар, сыту жыпIэмэ, псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэм и IэнатIэм ахэр хэмыту зебгъэужьыфынукъым.
ИкъукIэ игъуэщ псэупIэ унэхэр зезыхьэ компаниехэм я лэжьэкIэм зэрыкIэлъыплъ щIыкIэм, апхуэдэ компаниехэр зэхъуэкIыным пыщIа Iуэхухэр нэхъ тынш щIыным гулъытэ хэха зэригъуэтар. Рынокым пыщIа зэхущытыкIэхэм заужьын папщIэ абы хэтхэм я лэжьэкIэр унэтIыпхъэщ. Абы папщIэ, сэ сызэреплъымкIэ, щIэуэ Iэмал хэхахэр къыщIызэбгъэпэщын щыIэкъым. Псалъэм папщIэ, республикэм ЭнергетикэмкIэ, псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмрэ тариф политикэмкIэ пIэщIэгъуэкIэ цIыхухэр здэпсалъэ хъун телефон зэрыщагъэува къудейм и фIыгъэкIэ Iуэху куэд дагъэкIыфащ. Министерствэм псынщIэу унафэ трищIыхьу хуежьащ цIыхухэм къаIэт Iуэхухэм. Къапщтэмэ, цIыхухэр къызэрыпсэлъам ипкъ иткIэ, кIэщIу къапщытащ тарифхэм я лъэныкъуэкIэ ягъэува мардэхэм езыгъэлей компаниехэм я лэжьэкIэр.
Мы IэнатIэр егъэфIэкIуэнымкIэ зэран хъу Iуэхухэм ящыщщ зыхуэфащэ закон мардэхэр иджыри нэгъэсауэ зэрызэтемыувар. Президентым жиIащ а лэжьыгъэр щIэгъэхуабжьауэ зэрекIуэкIыр. А псоми къадэкIуэу сэбэп хъуну си гугъэт мы IэнатIэм зегъэужьыным езы щIыналъэхэри зэреплъри нэхъ нэгъэсауэ къалъытамэ».
ХЬЭПЭ Маринэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28253.txt"
} |
«Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщьэ ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28256.txt"
} |
Iэзагъ ин яхэлът
Налшык егъэджэныгъэмкIэ и департаментым зи школ кIуэгъуэ нэмыса цIыкIухэм папщIэ япэу къызэригъэпэща фестивалым, «Гъатхэ псыпыжхэр» зыфIащам, и гала-концерт щекIуэкIащ къалэм дэт лицей №2-м.
Зи школ кIуэгъуэ мыхъуахэм щадэлажьэу щыхьэрым дэт IуэхущIапIэхэм я гъэсэн цIыкIухэм Iэзэу ягъэлъэгъуащ гъатхэм дахагъэрэ дэрэжэгъуэу хэлъ псори наIуэу къызыхэщ макъамэ теплъэгъуэхэр. «Гъатхэм феджа?», «Гъэгъахэм я вальс», «МэкъумэшхэкIхэр», «Джэджьей нэфIэгуфIэхэр» зыфIаща къафэхэр, «Сабийхэм дыгъэр къатумых», «ТекIуэныгъэм и кадриль» хореографие едзыгъуэхэр сыткIи теухуат сабиигъуэ дахэм. КъищынэмыщIауэ, цIыкIухэм ягъэзэщIащ дыкъэзыухъуреихь дунеймрэ гъатхэмрэ ехьэлIа уэрэдхэмрэ усэхэмрэ.
ЗэIущIэм кърихьэлIа, къалэ администрацэм и лэжьакIуэхэм сабийхэм ягъэлъэгъуа Iэзагъым хуэфащэ гулъытэ хуащIащ икIи фIыщIэ псалъэкIэ зыхуагъэзащ зи школ кIуэгъуэ нэмыса цIыкIухэм я къару емыблэжу ядэлэжьа егъэджакIуэхэмрэ гъэсакIуэхэмрэ.
Дэтхэнэ зыри хьэщыкъ ещI
Хьэсэней дэт щэнхабзэмкIэ унэм щекIуэкIащ Налшык и музыкэ еджапIэ №№1, 2, 3-хэм, гъуазджэмкIэ сабий школ №1-м, эстетикэ гъэсэныгъэмкIэ къалэ центрым я гъэсэнхэр зыхэта отчет концерт.
Махуэшхуэ программэм еджакIуэхэм Iэзэу щагъэзэщIащ урысей, дунейпсо классикхэу Прокофьев, Бабаджанян, Моцарт сымэ я IэдакъэщIэкI цIэрыIуэхэр.
Мы махуэм абыхэм я гукъыдэжыр къиIэту утыку кърахьащ Молэ Владимир и «Iуащхьэмахуэ» произведенэр. Ар игъэзэщIащ гъуазджэмкIэ сабий школ №1-м и гъэсэн, творческэ зэфIэкI зиIэ ныбжьыщIэхэм я дунейпсо зэхьэзэхуэу Сочэ щызэхэтам и япэ лауреат Къардэн Мурат.
Сабийхэм ябгъэдэлъ зэфIэкIыр къыщапщыта мы зэпеуэм уэрэд жыIэнымкIи цIыкIухэм зэфIэкIыфI къагъэлъэгъуащ. Апхуэдэу Бозиевэ Лейларэ Хьэщэ Эльмирэрэ дахащэу ягъэзэщIащ «Боз алаша», «С печалью осени» уэрэдхэр.
Пшыхьым кърихьэлIа дэтхэнэ зыри хьэщыкъ ящIащ адыгэ къафэхэм. Абы гъэщIэгъуэныщэу хагъэзэгъат «УпщIэм къыдэкIуэ къызыщыгъэхъуныгъэхэр» зыфIаща гъэлъэгъуэныгъэри.
Жанхъуэт Зузэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28260.txt"
} |
Терскол хоккейм зыщыхуагъасэ
2012 гъэр къихьэным и пэ къихуэу Терскол къуажэм дэт курыт еджапIэм метр зэбгъузэнатIэ 1000 хъу мылылъэ корт къыщызэрагъэпэщауэ щытащ. Апхуэдэ тыгъэкIэ абыхэм яхуэупсащ Эльбрус жылагъуэм и щIыпIэ администрацэр.
Терскол щыщ школакIуэхэм хоккейр фIыуэ ялъэгъуащ икIи илъэс етIуанэ хъуауэ мылылъэ утыкум зыщагъасэ.
ИлъэситIкIэ ерыщу зызыгъэса хоккеист ныбжьыщIэхэм нэхъ тегъэчыныхьауэ а спорт лIэужьыгъуэм зыхагъэгъуэзэну мурад ящIащ. КъагурыIуэрт абы хухэха щыгъын щхьэхуэ уимыIэу спортсмен цIэрыIуэ узэрымыхъуфынури, Урысейм хоккеймкIэ и федерацэм и унафэщI Третьяк Владислав зыхуагъэзэну траухуащ. Командэмрэ школымрэ къабгъэдэкI, республикэм хоккейм зыщрагъэужьыным теухуауэ ящIа гукъэкIхэр зэрыт письмо хуагъэхьащ абы. «Ди республикэм щIымахуэ спорт лIэужьыгъуэхэм ящыщу бгы-лыжэ спортым нэхъ зыщиужьащ. Иджы дэ гукъэкI тщIащ хоккейм ерыщу зыхуэдгъэсэну, республикэм япэу а спорт лIэужьыгъуэмкIэ командэ къыщызэдгъэпэщыну. Ди мылылъэ утыкур хоккейм къигъэув мардэм хуэщIащ. ПщIэ зыхуэтщI Владислав Александрович, ди гупым хоккейм хухэха спорт щыгъын щхьэхуэхэр къыхуебгъэхьамэ, сэбэпышхуэ укъытхуэхъунут. Дэ дыхуейщ ерыщу зыдгъэсэну, къэралым и командэ нэхъ лъэщ дыхъуну. ТлъэкI къэдгъэнэнукъым ди гугъэм дылъэIэсын щхьэкIэ», — хуатхащ терсколдэсхэм Третьяк Владислав.
Письмор зыхуагъэхьам ныбжьыщIэхэр куэдрэ зригъэжьакъым — мазэ дэкIауэ арат Урысейм хоккеймкIэ и федерацэм къипсэлъыкIыу, спорт щыгъынхэр къызэрырагъэхьар къыщыжраIам.
«Ай-Би-Си промстрой» трестым и унафэщI Попович Виктор школакIуэхэм яхуигуэшащ профессиональнэ клюшкэхэр. ЕджакIуэхэм я адэ-анэхэм, депутатхэм, къуажэдэсхэм хоккей щыджэгу мылылъэм зытIэщIыпIэ хуаби къыщызэрагъэпэщащ.
Езы ныбжьыщIэхэм зэрыжаIэмкIэ, иджы ахэр къызыхуэт щыIэкъым къэралым хоккеймкIэ и командэ лъэщ хъун, дуней псом къыщацIыхун щхьэкIэ.
Къуажэм и егъэджакIуэхэми еджакIуэхэми фIыщIэ ин хуащI Урысейм хоккеймкIэ и федерацэм и унафэщI Третьяк Владислави школакIуэхэм защIэзыгъэкъуа псоми.
Тарим Алисэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28261.txt"
} |
Япэ топым хьэлэмэтагъыр докIуэд
«Спартак-Налшык» (Налшык) — «Крылья Советов» (Самарэ) — 2:5 (0:1). Налшык. «Спартак» стадион. Мэкъуауэгъуэм и 3-м. ЦIыху 9000 еплъащ.
Судьяхэр: Николаев (Мэзкуу), Целовальников (Астрахань), Лебедев (Санкт-Петербург).
«Спартак-Налшык»: Коченков, Суслов, Тимошин, Овсиенкэ, Багаев (Руа, 46), Чеботару, Концедалов, Коронов (Абазэ, 80), Сирадзе, Медведев, Аверьянов (Буйтрагэ, 58).
«Крылья Советов»: Веремко, Таранов (Божин, 82), Амисулашвили, Бруну Телес (Махмудов, 20), Ангбвэ, Горе, Немов, Драгун, Баляйкин (Кузьмичев, 77), Максимов, Портнягин.
Топхэр дагъэкIащ: Ангбвэ, 33 (0:1). Портнягиным, 55 (0:2). Ангбвэ, 71 (0:3). Махмудовым, 78 (0:4). Сирадзе, 86 (1:4). Сирадзе, 90 (2:4). Портнягиным, 90+2 (2:5).
Дагъуэ хуащIащ Амисулашвили, Баляйкиным, Тимошиным, Сусловым.
Урысей Федерацэм футболымкIэ и премьер-лигэм кIуэн папщIэ махуэку блэкIам Самарэ щрагъэкIуэкIа япэ зэIущIэм 0:2-уэ къызэрыщыхагъэщIам налшыкдэсхэм я Iуэхур хуабжьу гугъу ищIат. АрщхьэкIэ яхуэмыгъэзэщIэн къалэн я пщэм къыдэхуатэкъым. Абы папщIэ нэхъапэм яIэщIэкIа щыуагъэхэм зыщахъумэу, езыхэм я Iэмалхэр къагъэсэбэпын хуейуэ арат. А IуэхумкIэ дэIэпыкъуэгъу нэс яхуэхъуну хьэзырт зыкъом щIауэ къэмыхъуауэ стадионым цIыхур изу къызэрекIуэлIар. Абыхэм я макъи къаруи къызэрихькIэ «Спартак-Налшыкыр» трагъэгушхуэрт.
«Крылья Советов»-ри хьэщIапIэ къэкIуауэ аратэкъым, ар хуейт премьер-лигэр абы нэхъ зэрыхуэфащэр псоми наIуэ ящищIыну. ИкIи япэ дакъикъэхэм хэгъэрейхэм къызэрагъэпэща ебгъэрыкIуэныгъэхэр ягъэупщIыIури, езыхэр ипэкIэ кIуэтащ. ЗэIущIэм и етхуанэ-еянэ дакъикъэхэм къриубыдэу абыхэм Iэмал гъуэзэджэ зытIущ яIащ, арщхьэкIэ къащыхуэмыгъэсэбэпым «етIысэхыжащ».
АдэкIэ налшыкдэсхэм я ебгъэрыкIуэныгъэм и чэзур къэсащ. Абыхэми Iэмал хъарзынэхэр къызэрагъэпэщырт. Нэрылъагъут мы зэIущIэм япэу щыдагъэкI топым куэд дыдэ зэрелъытар. «Спартак-Налшыкым» ар къехъулIэмэ, «Крылья Советов»-м ущIехъуэпсэн щыIэтэкъым. Ауэ самарэдэсхэм бжыгъэр къызэIуахмэ, джэгур абдежым щыбгъэувыIэ хъунут.
Ди жагъуэ зэрыхъущи, дызэрыхуэмейм хуэдэу Iуэхум зыкъызэридзэкIащ. ЕбгъэрыкIуэныгъэм дихьэха налшыкдэсхэм хьэщIэхэр къызэрыкIуэцIрыжам гу лъатакъым икIи «Крылья Советов»-м и гъуащхьэхъумэ Ангбвэ и командэр япэ иригъэщащ. Ар къыщыхъуа 33-нэ дакъикъэм джэгур къагъэувыIами хъунут — гурыIуэгъуэт налшыкдэсхэм абы и жэуапу топиплI зэрыдамыгъэкIыжыфынур. НэгъуэщI бжыгъэм арэзы къищIыр хьэщIэхэрат.
Iуэхур зытетыр къызыгурыIуа ди футболистхэм я лъэр щIэхуащ. Топджэгум еплъыну къэкIуахэри, командэхэм загъэпсэхуну къызэрикIыу, зэбгрыкIыжу хуежьащ. АдэкIэ хьэлэмэт щыIэжтэкъым. ЩыIар напэтехщ. Джэгум и етIуанэ Iыхьэм ирагъэкIуэкIа сыхьэт ныкъуэм бжыгъэр 0:4-м щынэсат. Абы иужькIэщ Сирадзе топитI дигъэкIыу тIэкIу ди напэр къыщитхьэщIыжар. АрщхьэкIэ кIэух бжыгъэр зыгъэувар хьэщIэхэрщ. Ди деж щыджэгуа Портнягиным ар 2:5-м нигъэсащ. Абдежым мыгъэрей зэхьэзэхуэр щиухащ.
ЗэIущIитIым япкъ иткIэ къыхагъэщIащ Хабаровск и «СКА-Энергия»-ри. Абы 2:0, 1:0-у Дон Iус Ростов и «Ростов»-р къефIэкIащ.
Мы зэIущIэхэм, нэгъабэрейхэми хуэдэу, къагъэлъэгъуащ премьер-лигэм и командэ къыкIэрыхухэр (13-нэ, 14-нэ увыпIэхэр зыубыдахэр) япэ дивизионым щыпашэхэм (3-нэ, 4-нэ) хэпщIыкIыу зэрефIэкIыр икIи ахэр зэпэщIэбгъэувэкIэ мыхьэнэ зэримыIэр.
Жыласэ Заурбэч.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28264.txt"
} |
Ещанэ, еплIанэ къыдэкIыгъуэхэр
Сабийхэм папщIэ журналым и ещанэ къыдэкIыгъуэр ЩоджэнцIыкIу Алий и «Гъатхэ» усэмкIэ къызэIуех. АдэкIэ Балъкъэр Къылышбий итхыжа «Тыгъэ лъапIэ» псысэр теухуащ Мэчэм хьэжыщI кIуэну зызыгъэхьэзыр хьэжыр «Сыт къыфхуэсхьын?» жиIэурэ, и пхъуищым зэреупщIам, ахэр зыщIэлъэIуахэм. Хьэжым япэ щIыкIэ къыгурыIуакъым ипхъу нэхъыщIэр зэнзэныпскIэ фIэкI щIэмылъэIуар. Ауэ адэр хьэжыщI къикIыжа, ипхъухэр къыщIелъэIуахэри игъэзэщIа нэужь, пхъу нэхъыщIэм зэнзэныпсымкIэ хущхъуэ гуэр зэхищIэу, куэд щIауэ сымаджэу пIэм хэлъ и анэр щигъэхъужым, псори гурыIуэгъуэ хъуащ.
АдэкIэ мы къыдэкIыгъуэм фыкъыщеджэнщ ПхытIыкI Юрэ и усэ гуп.
Уэзы Мухьэмэд итха «Джэгуным пIалъэ иIэщ» рассказ кIэщIри еджэхэм ягу зэрырихьынум шэч хэлъкъым.
КъыкIэлъыкIуэу «Нурым и гъуджэм» къощ фIыуэ еджэ ныбжьыщIэ цIыкIу зыбжанэм я сурэтхэр.
«Къуажэхь уджэгунумэ, къеблагъэ» Iыхьэм итщ адыгэ къуажэхь зыбжанэрэ абыхэм я жэуапхэмрэ. «НыбжьыщIэ къэфакIуэ Iэзэ» тхыгъэ кIэщIым Хьэту Пётр щыдегъэцIыху Налшык 28-нэ курыт еджапIэм и 1-нэ классым щIэс ЛIуп Лианэ. Лъэпкъ къафэхэм дахьэха хъыджэбз цIыкIур гъэлъэгъуэныгъэхэм, зэпеуэхэм хэтащ, ехъулIэныгъэфIи зыIэригъэхьащ.
ТекIужь Заретэ «Гуащэхэм я дуней телъыджэ» зыфIища тхыгъэр топсэлъыхь налшыкдэс Хъуран Жаннэ гуащэ зэмылIэужьыгъуэхэр щIыным зэрыхуэIэзэм.
«Ди анэдэлъхубзэ» тхыгъэр «Нурым» къагъэхьащ Налшык гимназие №1-м и 5-нэ «А» классым щIэс цIыкIухэм. Ахэр иропагэ я классым адыгэбзэкIэ мыпсалъэ зэрыщIэмысым, ди щIыпIэм щыпсэу псэущхьэхэм, къыщыкI къэкIыгъэхэм ятеухуа псалъэзэблэдзхэр зэхалъхьэфу зэрызрагъэсам.
Адыгэ лъэпкъым къыхэкIа цIыхушхуэхэм я сурэт Iэзэу зэрищIымкIэ цIэрыIуэ хъуа сурэтыщIщ Мэлбахъуэ Мадинэ. Журналым тетщ Мадинэ дэзыгъэцIыху тхыгъэ кIэщI, абы и лэжьыгъэхэу ЩоджэнцIыкIу Алийрэ КъардэнгъущI Зырамыкурэ я сурэтхэр.
«Iущыцэ» Iыхьэм фыкъыщеджэнщ цIыкIухэм ятеухуа гушыIэ кIэщIхэм.
АдэкIэ, сыт щыгъуи хуэдэу, тетщ «КъэщIэрей и Iыхьэр». Мыбы къыщывгъуэтынщ псалъэзэблэдз, нэтхысыжын хуей псалъэхэр, ребусхэр, нэгъуэщIхэри.
ЕплIанэ номерыр къыщIедзэ Джэдгъэф Борис и «Бзуубзэ» усэмкIэ. Таз ФатIимэ и «ЕхъулIэныгъэ» еджапIэм» тхыгъэр топсэлъыхь Налшык дэт а школым и IуэхущIафэхэм.
Хьэршым теухуауэ ныбжьыщIэхэм я дунейпсо зэпеуэм увыпIэ нэхъыщхьэр щиубыдащ ди республикэм и «Беркут» («Къуршыбгъэ») экипажым. Абы хэтхэм я ныбжьыр зэрыхъур илъэси 10 — 15-щ. А экипажым и IуэхущIафэхэм дахегъэгъуазэ Шагъыр Азэмэт. АдэкIэ фыкъыщеджэнщ Хьэх Сэфарбий итха «Папэ, мамэ, сэ, си Наур» рассказым.
КIэлъыкIуэу тетщ КIуащ БетIал и усэхэу «Розэ», «Епэр удзщ сэтэней» жыхуиIэхэр.
Мы къыдэкIыгъуэми традзащ ди гъунэгъу лъэпкъхэм я таурыхъхэм щыщхэр. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, «Шыдымрэ вымрэ», «Аслъэнымрэ кхъуэпIащэмрэ» лак таурыхъхэр.
«ЩIэблэщIэ» Iыхьэм итщ нэхъыфIу еджэ ныбжьыщIэ цIыкIухэм я сурэтхэр. АдэкIэ къыщывгъуэтынщ псалъэжьхэр.
Къуныжь ХьэIишэт теухуа напэкIуэцIым традзащ усакIуэм тепсэлъыхь тхыгъэ кIэщIрэ IэдакъэщIэкIхэм щыщрэ.
АдэкIэ «Адыгэ псалъалъэ» Iыхьэм къыщыфщIэнщ КъардэнгъущI Зырамыку зэритхыжамкIэ, языныкъуэ псалъэхэр зищIысымрэ къарыкIымрэ.
Жыласэ Заур итха «Чемпион ныбжьыщIэ» тхыгъэр топсэлъыхь Налшык дэт 5-нэ курыт еджапIэм щIэс Бахъуэ Аскэр теннисым къыщихьа ехъулIэныгъэхэм.
КъыкIэлъыкIуэу тетщ псалъэзэблэдз.
Мы къыдэкIыгъуэм «Нурым и гъуджэм» къощ Шэджэм къалэм щыпсэу, илъэсих зи ныбжь Цей Даринэ.
Абзуан Пщымахуэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28266.txt"
} |
Псынащхьэ хущхъуэхэм деж
«Джилы-Су» турист-рекреацэ комплексым зэрызрагъэужьыну щIыкIэр яубзыхуащ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм турист кластер къыщызэгъэпэщыным и проектыр гъэзэщIэным ехьэлIа лэжьыгъэхэм къыпещэ. Дызэрыщыгъуазэщи, «Кавказ Ищхъэрэ курортхэр» ОАО-м ди республикэм зыгъэпсэхупIэщIэхэр къыщызэIуех. Ахэр экономикэ и лъэныкъуэкIэ щхьэхуитщ. Курортхэм къызэщIаубыдэ щIыпIэхэр гъэнэIуэным хуэунэтIа Iуэху-гъуэхэр иджыри йокIуэкI. ЗыгъэпсэхупIэхэм ящыщ зыщ Дзэлыкъуэ куейм и ипщэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ, цIыхум и Iэпкълъэпкъым сэбэпышхуэ хуэхъу, псынащхьэ хуабэхэм къыщызэIуахыну «Джилы-Су» турист-рекреацэ комплексри.
Балъкъ и псыхъуащхьэхэмкIэ Iуащхьэмахуэ лъапэ щыIэ, экономикэ и лъэныкъуэкIэ щхьэхуит щIыпIэр Дзэлыкъуэ куейм къыхагъэкIыным пыщIа лэжьыгъэхэр мы зэманым зэгъусэу ирагъэкIуэкI КъБР-м и Правительствэм абы теухуауэ иIэ комиссэмрэ район администрацэмрэ. Европэм щынэхъ лъагэ дыдэ бгым и ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэ щащI хьэщIэщхэм щIыпIэхэмрэ зи узыншагъэр зэтезыгъэувэжыну хуейхэмрэ гъэм и зэман псоми екIуалIэ хъунущ.
КъБР-м Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм инвестицэ политикэмкIэ и департаментым и лэжьакIуэ Герузовэ Мадинэ зэрыжиIэмкIэ, экономикэ и лъэныкъуэкIэ щхьэхуит щIыпIэ Дзэлыкъуэ куейм къызэрыхагъэщхьэхукI кадастр лэжьыгъэхэр и кIэм нэблэ- гъащ.
КЪЭРЭЩЕЙ Элеонорэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28271.txt"
} |
Йохьэжыр ди бзэр хьэршым
Бещтокъуэ Хьэбас и тхылъыщIэ «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ, «Дыщэхумрэ фIамыщIымрэ» и псалъащхьэу. «Псэм и макъым сыт щыгъуи «дыдриIэтеин» и хьэлщ», — псалъапэу къищта пычыгъуэмкIэ усакIуэм дрешэ и гупсысэхэр щызекIуэ губгъуэм. — Абы ижь къытщIихуху, дызыхуиунэтIыр лъагагъырщ».
«Дэ критикэ диIэкъым!»
Бещтокъуэ Хьэбас и псалъэ Iущыр. Бещтокъуэм и усэхэм дыIэбэн и пэ, критикэ «димыIэр» зыхуэдэмрэ диIэну дызыщIэхъуэпсыр зыхуэдэн хуеймрэ зэхэдгъэкIыфыну пIэрэ, а псалъэм щIэтлъхьэ мыхьэнэм нэху тIэкIу тредгъадзэу? Дунейпсо псалъалъэм къитх мы терминым къидгъэкI хабзэр «тхакIуэ IэдакъэщIэкIыр хъуарэ мыхъуарэ щызэхагъэкI тхыгъэщ». «Критикэм», дэтхэнэ щIэныгъэ къудамэм къыщыщти, «зэпкърыхын», «къехъулIамрэ зэлIэлIапхъэмрэ къэгъэлъэгъуэн» купщIэщ иIэр. Литературоведенэм тхыгъэм, тхыдэм щиубыд увыпIэр, абы щIэуэ къыхилъхьэр е щыIэу къигъэсэбэпыр къихутэн и къалэнмэ, критикэм ар нобэрей махуэм ирепх, а тхылъым къеджэнкIи хъуну цIыхум къызэрыщыхъупхъэр къегъэлъагъуэ. А лъэныкъуэмкIэ къапщтэмэ, литературоведенэмрэ критикэмрэ я гъунапкъэхэр IупщIми, тIури зэдэIэпыкъужхэурэ къызэдогъуэгурыкIуэ.
ИтIани, анэдэлъхубзэкIэ тхылъ къэзыщтэхэм «Дэ литературоведенэ диIэкъым» жаIэркъым, зыщIэхъуэпсыр «критикэфIщ», гъащIэм нэхъ пэгъунэгъур а иужьрейр аращи. Ахэр лIэужьыгъуэ зыбжанэу бгуэш хъунуми, нэхъ IупщIу къыхэщ бгъэдыхьэкIэхэр щы мэхъу.
Япэрей гупым «критикэ диIэкъым» щыжаIэкIэ, кърагъэкIыр мырагъэнущ: «Фыкъысщытхъу, къызэфт!» Ахэр нэхъыбэу тхакIуэхэрщ е усакIуэхэрщ. Апхуэдэ цIыхум литературэм куэд хищIыхьауэ къелъытэ. АрщхьэкIэ утыку изышэфын, зи жыIэ пхыкI, Iулыдж лъагэ зиIэ критик зэримыгъуэтам къыхэкIыу, хуэфэщэн гулъытэ къылъымысауэ ебж.
ЕтIуанэ гупым «Вгъэпуд, къыстефх!» жаIэ хуэдэщ. Абыхэм тхэн зыфIэмыфIыххи, къалэмыр яIэщIэзагъэми, а Iэзагъыр зэрыщытым нэхърэ нэхъ лъагэу зылъагъужи яхэтщ. Ягу къеуэр жагъуэгъур ягъэлъапIэу утыку зэритырщ, критик зыфIищыжу ар «езыхужьэн» лIыхъужь дызэримыIэрщ.
Зи гугъу тщIа лIэужьыгъуитIым къалъыхъуэ критикэм хуэдэ ягъуэтми, адыгэ литературэм абы фейдэ хихынукъым. Критикым тхакIуэм е усакIуэм деж щихь къалэныр ар нэхъыфIу тхэным тригъэгушхуэнырщ: нэхъ къабзэу, нэхъ дахэу хэлъыр, зыузэщI къарур иригъэлъагъужу, тхылъеджэр фIым хуиунэтIыным къыхуигъэбырсеинырщ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, цIыхубэ гъащIэр ефIэкIуэн папщIэ, тхэмрэ еджэмрэ зыр адрейм къыгуригъэIуэнырщ. Лъэпкъым щыщ нэрыбгэ щхьэхуэм фIыр зэрыдахэр, Iейр зэрылъагъугъуейр и фIэщ имыщIынумэ, критикэ щымыIэкIи литературэр кIуэдыжынукъым.
НэгъуэщI зы гупи щыIэщ литературэм къыхыхьэ тхыгъэщIэхэмрэ тхакIуэщIэхэмрэ гулъытэ нэс зэрамыгъуэтым игъэщхьэжагъуэу. МурадкIэ къапщтэмэ, ар бгъэдыхьэкIэ узыншэщ. ИтIани, ди литературэ жылагъуэм щызекIуэ хабзэхэм уигу хагъахъуэркъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, нэхъыбэм «зыхущыщIэр егъэлъагъун» псалъэ зэпхар «ныкъусаныгъэ къыщIэгъэщын» мыхьэнэм къыбгъэдахыркъым, абы къикIыращи, критикэм «усакIуэм тIэкIу и напэр техын» къалэныр хуагъэув. Апхуэдэ гупсысэкIэр сэбэп хъурэ мыхъурэ нобэрей адыгэ литературэм и щытыкIэм къегъэлъагъуэ. Мы IуэхумкIэ Сокъур Мусэрбий нэхъ лъэрызехьэ тлъэгъуакъыми, зэрызэхамыщIыкIыр игу къызэреуэр усэ сатыр нимыгъэсахэм языхэзым къыхощ: «НапщIэ Iувыжьыр, къысхужаIэ, зэрахуэ цIыхухэм ямыIуэху». Ауэ щыхъукIэ, абы и зэманым критикэр литературэм ипэ имытамэ, къыкIэрыхуакъым.
ЦIыхуфIагъымрэ тхэн Iэзагъымрэ
Усэ тхылъыфIыр хэт щхьэкIи саугъэт зыдэлъ пхъуантэщ. ЦIыхум къипсэлъымрэ зытепсэлъыхь и мыхьэлымрэ я зэхуакум щыкIэрыхуа жылэхэрщ усакIуэр зыхэщыпыхьыр. Сыт хуэдэ Iэмэпсымэ абы иIэр цIыху зэхуэмыдэхэм щыму къыздрахьэкI гурыщIэхэр а зы тхылъым къащригъэцIыхужыну? Анэдэлъхубзэ зыхуэшэрыуэмрэ езым игъэунэхуамрэщ. Бзэм и фIыгъэкIэ, жиIэну зыхуейр къыдгуроIуэ. Езым и цIыху щIыкIэр дигу дыхьэмэ, жиIэр тфIэкъабылщ. А тIур зэтехуэмэ, и усэхэмкIэ зэрыцIыхуфIыр ди фIэщ ищIыфмэ, усакIуэм и лэжьыгъэр къехъулIащ, и сатырхэр тыгъэ лъапIэщ, дэри сэбэпынагъ гуэр къэтхьу дыпсэуным дрегъэхъуапсэри. ЦIыху сурэтым дизыгъэувэж дакъикъэрщ усакIуэм гъавэу Iуихыжыр, ар ди дежкIэ гухэхъуэгъуэуи гухэщIыгъуэуи щрырет.
Бещтокъуэ Хьэбас и тхылъыр къатщтэу «Хьэбас цIыхуфI? Адыгэбзэ ищIэрэ?» жытIэу дыщIэупщIэну дыхьэшхэн хуэдэу щытщ. Щытми, япэу тхылъ къыдэзыгъэкIамрэ тхылъ зыбжанэ зи IэдакъэщIэкIымрэ тхылъеджэм и пащхьэ щызэхуэдэщ, усакIуэ Iэзэри усэщIэ итхыху щIэрыщIэу утыку къохьэ. Абы къыхэкIыу, жытIэми дыбзыщIми, тхылъыр тIыгъыху, гукIэ къэтлъыхъуэнур а упщIитIым я жэуапщ. Хьэбас мыцIыхуфIмэ, абы итхам нэхъ къабзэ, нэхъ гущабэ, нэхъ куу димыщIынумэ, и IэдакъэщIэкIым уасэшхуэ иIэнукъым, сыт хуэдизу и бзэр мыкъулейми. ЦIыхуфIрэ, къытлъигъэIэсыну зыхуейр удихьэхыу хужымыIэмэ, псалъэр зи мыIэщIагъэ цIыхум зэрыдзауэ кърихьэкI и гур къызэритIэтэну Iэмалхэр иримытыфмэ, лъэпкъыр псэмрэ дунеймрэ зэрыгурыIуэ бзэр емыфIакIуэу аращи, ехъулIэныгъэр жыжьэу къонэ.
ХъуэпсапIэм и жьауапIэм
Усэхэм зэрытепсэлъыхь хабзэр ахэр зытеухуам елъытауэщ. Апхуэдэ зэхэдзыкIэкIэ убгъэдыхьэмэ, «Дыщэхумрэ фIамыщIымрэ» хыхьэ усэ щищым (ахэр бжыгъэ дамыгъэкIэ зэкIэлъыхьащ) я нэхъыбэр лъэпкъ Iуэхумрэ лIэныгъэмрэ епхащ. УрохьэлIэ щIэныгъэм, фIэщхъуныгъэм, дунейм и дахэгъуэм, лъагъуныгъэм, усакIуэ IэщIагъэм, бзэм, къулыкъущIэхэм ятепсэлъыхь усэхэм, ауэ зи гугъу тщIа къудамитIыр нэхъ гъуму, мыдрейхэр а тIум къагуэкIыкIыжу щытщ. Захуэу пIэрэ апхуэдэ зэхэдзыкIэ пхъашэр? Усэ щищым «роман-дневник» цIэр зэрыритамкIэ усакIуэм жиIэну зыхуейр сыт? «Уэ»-хэр куэдым яхуэгъэзами, нэхъыбэрэ усакIуэр зэпсалъэр … езы усакIуэрщ, игу зыхуэзэгъа-зыхуэмызэгъа «сэ»-рщ. А сэ-р авторым къыгуэпхыу «лирическэ лIыхъужь» щIыфIэпщын щхьэусыгъуэ къэлъагъуэркъым: зэтохуэ усакIуэмрэ усэр къэзыIуатэмрэ. «Хьэбас цIыхуфI?» жытIэу дгъэува упщIэми жэуап нэхъ къыхуэгъуэтыгъуафIэ мэхъу, тхылъым и кIуэцIкIэ езым къытригъазэурэ зритыж упщIэ нэхъыщхьэр ардыдэращи.
Щыуагъэхэр…
Щыуагъэхэм я къуэпсу
Псэм уагъэ гъуабжэу
Щызэхэзэрыхьыр…
ХъуэпсапIэм и жьауапIэм
ТIэкIу укъуэсу,
Нэхъ укъэхуэбэжауэ
ГъащIэр щыпхьыр…
Уэ зыбгъэкъуэншэжыну
Ущыхуежьэм —
КъыпхущIидзыжу уи гур
ТIэкIу щхьэхуещэу… (211)
ГупсысэкIэ узыншэм и хьэлщ зэплъэкIыжу ищIам уасэ хуигъэувыжыныр. Хужьыгъэм хуагъафIэ псэм уагъэ гъуабжэу щызэхозэрыхь узыхэмыIэбэжыф гъащIэ Iыхьэхэм я ныбжьхэр. ХъуэпсапIэхэмрэ абыхэм уащыкIэлъыкIуэкIэ пIэщIэкI щыуагъэхэмрэ я зэхуакум «кIуэр-къэкIуэжу» щокIуэ гъащIэр. Гум къилъыхъуэ гупсэхугъуэр асыхьэтым псэр зыхуэпабгъэм къыздихьыну щогугъ, ар къыIэрохьэ е къыIэрыхьэркъым. Сыт-тIэ щыуагъэу къыщIидзыжыр? Зэхъуапсэм зэрыхуеIа Iэмалхэр. Ахэр къабзэмэ, ущIызэплъэкIыжын щхьэусыгъуэ къыпхуагъанэркъым, уигурэ уи щхьэрэ зэтелъу гъащIэр адэкIэ ибохьэкI. Гур тIэкIу щхьэхуещэу зылъагъужыфыр зыкъэзумысыжырщ. Гъуэгу зэхэгъэкIыпIэщ фIы хъуну Iэмал зиIа гъащIэ налъэм уи къару къызэрихькIэ узэремылIэлIэфар, абы кърикIуэу — псэм и зы Iыхьэ гъуабжэ зэрыпIэщIэхъухьар плъагъужыну. Усэ нэхъ цIэрыIуэхэм ящыщу Бещтокъуэм и усэр поджэж Пушкиным и «ГукъэкIыжым»:
Дыгъэр къуелъафэр,
цIыху цIыкIур мэзэгъэж.
Жэщым и ныбжьу
зэпхрыплъыгъуафIэм
Жейр — махуэ езэшам и тыгъэр — къехь,
Бзагуэ хъужа уэрамхэм зыщеубгъури.
А сыхьэт мыгъуэм си гур сфIегъэкIуэд.
ХущIегъуэжыным къриша блэ фIыцIэр
Iуэхуншэ сызыщI кIыфIым
къызеутIыпщри,
Бэлыхьыр псэм къыщызэрыдохьей,
БлэкIар зэрыт тхылъ Iувыр зэтридзу.
ПлъапIэу сиIахэр гущIэм
къыщокъуалъэ,
Сыщымэхъашэурэ си гъащIэм
сыкъоджэж.
Сотхьэусыхэ, согъ, сотхьэджэ, ауэ
Уэлбанэ кIасэм, уафэгъуагъуэ щIэтми,
Сатыр нэщхъейхэр
тригъэкIыжыфкъым.
Бещтокъуэр хъуэпсапIэхэм къагъэхуэбэжмэ, Пушкиным и плъапIэхэр къокъуалъэ. Сыт мыхъуар? ПлъапIэхэр узэмы-хъуэпсапхъэ гуэрт? Хьэмэ ахэр гъащIэм къыщыгъуэтыгъуейт? Хьэуэ! Ахэр пэжт, кIуэкIэрщ тIасхъэр:
ПIэт уи хъуэпсапIэр лъагэрэ,
И дэкIуеипIэр бгъунжу,
Дунейм утетщ, упагэрэ
Уи гур къоныкъуэкъужу. (119)
Урыс усакIуэм и тобэ къэхьыжыкIэр зы нэхуи къыдимыдзу кIыфIщ. Абы къигъэлъагъуэр гухэщIыгъуэм и архъуанэ, нэпсхэм я къежьэгъуэрщ. Бещтокъуэм къигъэлъагъуэр и гурыщIэм лъабжьэ хуэхъу гупсысэрщ. Абы и тэрэзэр зэпэшачэщ: лъэкъуампIэ псори хужь защIэу зэрыщымытыр елъагъу, ауэ хэплъэгъуэм хуэзыша бэкъуэкIэм иджыпсту зыхищIэм и гъусэу IэщIокI:
Бжьыхьэ хадэ, бжьыхьэ пщIащэ,
Бжьыхьэм и акъужь,
Ди бэуэгъуэр зэпыщIащи,
Сэри фэ сыфщыщщ.
Сыкъивмыдзэми, емыкIукъым,
Сэ куэд зэIысщIащ…
Фэ мы щIыгум гъуэгуу щыфкIур
Дыгъэм кIэрыщIащ. (213)
Узыр къызыхэкIамкIэ ягъэхъуж
Пушкиныр Iуэхум къыхэтшэн хуей щIэхъуам нэгъуэщI щхьэусыгъуи иIэщ. Урыс псалъэхэр уэру зыхэпхъа Бещтокъуэм и адыгэбзэм франджыбзэмрэ урысыбзэмрэ «зэрызехьэу» щыщыта зэманыр уи нэгу къыщIегъэхьэ. КIуэрыкIуэм тету Пушкин «Евгений Онегин»-м франджыбзэ псэлъафэ къыхегъэувэри къыдыщIегъуж: «Шишков, къысхуэгъэгъу, зэрызэздзэкIынур сщIэркъым!» А Шишковыр урысыбзэ къабзэм къыщхьэщыж щIэныгъэлI къулыкъущIэ гуэрт а зэманым. Узыр къызыхэкIамкIэ ягъэхъуж жаIэ: нобэ дизыгъэкIуэт урысыбзэр дэ дызыхэмыкIыф «бзитI псэлъэкIэм» зэрыIэщIэкIа щIыкIэм уриплъэну гъэщIэгъуэнщ. «Урысыбзэжьымрэ урысыбзэщIэмрэ теухуа гупсысэхэр» и фIэщыгъэу зи гугъу тщIы щIэныгъэлIым 1803 гъэм тхыгъэ къытрыригъэдзащ. Абы щыжеIэ: «Сыт хуэдэ щIэныгъэ дэ ди анэдэлъхубзэм теухуауэ диIэфынур, зи щхьэ пщIэ нэхъ хуэзыщIыж лIыщхьэхэм я бынхэр дунейм къызэрытехьэу франджыхэм я IэмыщIэ щихуэкIэ, абыхэм я хабзэм я гур кIэрыпщIэу езым яйхэм ящымэхъашэу щыхъукIэ, я гупсысэкIэмрэ Iуэху еплъыкIэмрэ щытехьэкIэ, абыхэм я бзэм анэдэлъхубзэм нэхърэ нэхъ хуэшэрыуэу щыщыткIэ. Ахэр апхуэдизкIэ хамэбзэм хуэIэзэ мэхъухэри, я бзэр ямыщIэжыным темыукIытыхьу, зрагъэщIэнуи хэмыту мэхъу, уеблэмэ апхуэдэу зэрыщытым зрагъэщIагъуэ».
Сыт-тIэ иджырей урысыбзэм и лъабжьэ зыгъэтIылъауэ ябж Пушкиным къригъэкIыр «сэ грамматическэ щыуагъэ зыхэмыт урысыбзэ сфIэфIкъым» щыжиIэкIэ? Урыс тхыбзэр а зэманым хьэщIэщ уэршэрыбзэ тыншым фIыуэ пэжыжьэт. Хьэбаси «зэрыщыт дыдэм» хуэдэу къигъакIуэ и «къалэ адыгэбзэмкIэ» дыхэныпэ нэхърэ — лъэпхъуамбыщIэу къытхуэна «ленингъуэгубзэм» ебгъэрыкIуэу фэ тетщ:
КъулыкъущIэ-ныбэизу
Ди щIалэжь,
Зи акъылым
Лъэпкъи-къупщхьи
Къимылэжь.
А уи нэкIум
Щыслъагъу драмэм щыджэгун
Боксер Iэзэ сэ уэ дэнэ
Къыпхуисхын? (150)
Мыбы урыс псалъэу хэтыр тIу къудейщ: драмэ, боксер. НэгъуэщI зы щапхъи къэтхьынщ:
Нанэ-технологие —
Дадэ и хъыбар.
Спорт идеологие,
Спортсмен бегъымбар.
ЗэхэдыгъуэжынымкIэ
Чемпион къэрал.
ЗэгупсысыжынымкIэ
Iуэхур — неIэмал.
ЕдзыгъуитIу зэхэлъ усэр къызыхэщIыкIа псалъэ пщыкIуплIым щыщу тхур урыс псалъэщ. «БампIэбзэм» хэплъыхь ищIыркъым — и къалэныр гур игъэзэгъэнырщ. Игъэзэгъащ, адэкIэ-щэ? Бэзэр нанэми Iэхъуэ щIалэми ягъэзагъэ я гур. Сыт абыхэм усакIуэр къазэрыщхьэщыкIыр? Абыхэм жаIэр тхылъым ихуэркъым, къеджэжыркъым, зэрагъэзэхуэжыркъым. Псалъэм папщIэ, гур игъэзэгъэху ныбэизым и нэкIум «боксер Iэзэ» щыджэгуами, а мурад дыдэм «IэштIым щабэри» лъэIэсыфынущ. Хэт ар Бещтокъуэ Хьэбас нэхърэ нэхъыфIу зыщIэр? Хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, усакIуэм нэгъуэщI зы муради иIэщ.
Сыт анэдэлъхубзэкIэ псалъэхэм ящыщу еджэн зи хьэлхэр адыгэбзэкIэ тхылъ, газет, журнал щIемыджэр? Зэрыгупсысэ-зэрыпсалъэ бзэр тхылъыбзэм къыщхьэщокIри. Иджырей тхыбзэр къагурымыIуэххэу щыткъым абыхэм, ауэ езыхэм къагъэсэбэп адыгэбзэ тыншым техуэIым, е, нэхъ пэжу жыпIэмэ, техуэркъым. Пушкин зыщIэхъуэпс «грамматическэ щыуагъэхэм» хуэныкъуэщ иджырей адыгэ тхыбзэри бзэм и лэжьэкIэм фIыуэ пэжыжьэ, ар зэрагъакIуэ хуэдэурэ гулъэф яхуэхъу, и пIэ ижыхьа «правилэхэри». Дунейм бзэ нэхъ зызыужьауэ щызекIуэхэм я хабзэхэм цIыхур зыгъэтыншым тещIыхьауэ зрагъэужь. Дэ анэдэлъхубзэр Iэпхлъэпх тщIауэ, абыкIэ къритIуэтэну дызыхуежьэ гупсысэр пшагъуэм къыхонэ, е хьэзыру дызылъэIэс урыс псалъэм доIэбэри, «образовэннафэ» ттету ди гурылъхэр къыдоIуатэ. Мис а мафIитIым яку дэту «мажьэ» Бещтокъуэм и усэхэр: еджауэ зызыбжыжхэм зрамыпэс адыгэбзэжьымрэ щIэныгъэ зиIэ дыдэхэм я бзэгур зэзыгъалъэ урысыбзэ ныкъуэмрэ.
Усэбзэр цIыхур и щхьэ зэрыхуэпсэлъэж бзэм темыхуэмэ, минрэ цIыхубэ усакIуэ фIэпщми, усакIуэм и хьэтыр тхылъеджэм илъагъунукъым. ГурыIуэгъуэщ урысыбзэ къыхэбгъэхьэнри хэкIыпIэу зэрыщымытыр. Пщэдейрей ныбгъуэм и пIэ ит нобэрей бзущ пщыгъупщэжыну Iэмал къозымыт Бещтокъуэм и псэлъафэхэр: «Фыгъуэ-ижэ — адыгэ синдром»…; «Нерв симыIэжу арагъэнщ…»; «Илъэс щэ ныкъуэ хъуауэ согупсыс адыгэ геноцидым…».
«Ар урысыбзэкIэ дахэ-дахэу псэлъэфыртэкъым, ди журналхэми еджэртэкъым»,- жеIэ Пушкиным Ларинэ Татьянэ теухуауэ, ауэ хуэмейуэ пIэрэт урыс усакIуэр и бзэм зригъэузэщIыну?! Хьэбаси зыхэтыр и «хуэурысыбзэ» усэбзэмкIэ «адыгэ бзэмыIум» анэдэлъхубзэкIэ еджэн хьэл къригъэщтэжынырщ. Игу илъ дыдэри щэхукъым:
Дубыду IитIкIэ тхуэмыIыгъыжыну,
Iэ ныдэтлъэнуи — ди Iэр лъэмыIэс.
ИгъащIэ псокIэ къимыгъэзэжыну
Йохьэжыр ди бзэр хьэршым
и кум нэс.(295)
УпщIэ дгъэувахэм жэуап еттауэ пIэрэ? Ди гуапэт фи Iуэху еплъыкIэмкIэ фыкъыддэгуэшамэ, цIыху ныбжь ирикъуа Бещтокъуэм и махуэ лъапIэр тегъэщIапIэ фщIыуэ. Хэт ищIэрэ, ди гукъеуэхэмрэ гурыфIхэмрэ къэдгъэнаIуэмэ, ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм ди хьэтыр къилъагъунщи, дызыхуей псомкIи езы усакIуэм деупщIыфын хуэдэу, зы усэ пшыхь тхузэхишэнщ.
Чэрим Марьянэ.
Бещтокъуэ Хьэбас
* * *
УсIэтт, щIыгу сызытету уэзмыпэсыр
ПхуигъэщIэращIэт пIащIэу Тхьэгъэлэдж.
Уэ сыпхуэсакъырт езы Уэзырмэсу,
Уи напIэу дахэр пIэтмэ, Iэджи слъэкIт.
Сэ сыкъэушу зэ сыгупсысэжмэ,
ПщIыхь кIэщI, уи теплъэу гуакIуэр
щызгъэфIар,
СфIидыгъужат зыгуэрым къехъуэпсэжри,
Зыт сэр нэмыщI а пщIыхьым щыгъуэзар.
* * *
Изолъхьэ сигу сынэмыкIуэну,
— СыкIуэнкъым, — жысIэурэ сыщIокI.
БлокI зы тэлаи, сэ аргуэру
Уи деж сынакIуэу къысфIыщIокI.
ЖызоIэ быдэу: сынэсынкъым.
Сыносри — сыкъэкIуэнкъым фIэкI.
Зы дакъикъитху нэхъ сыщысынкъым,
Сигу ислъхьэм хъурэ сэ сыфIэкI!
Ущызмылъагъуи ущыслъагъуи —
СигукIэ узгъафIэурэ сыщос.
Апхуэдэу фIыщэу узолъагъури,
Сэ укъэсшэнуи сыныпщосхь.
ТхьэрыкъуитI
Сэ бжесIэнум къыщIэдэIу,
КъыщIэдэIу — сынолъэIу:
Сигу пIейтейр схуэгъэбэяу.
Ер си абгъуэм къысфIонтIэIу,
Къегъэгыз, къегъэщэIу,
Абгъуэр жьым игъэдиящ.
Уащхъуэ дей дыгъэлъэтэж,
СогуIэж, сопIейтей.
КъыткIэлъоплъыр мы дунейр.
Псэ тыншыгъуэ симыIэж,
СимыIэж — бжесIэр пэжщ.
УатхьэкъункIэ согужьей.
— Дылъэтэнт дэ Уащхъуэ дей,
Уащхъуэ дей, си дуней.
Уащхъуэ дахэкIэ нэпсейщ.
Дэ дылъатэм Уащхъуэ дей,
Уащхъуэ дей си дуней,
КъыбжиIэнущ: усысейщ.
Мы си дамэр уи щащыхущ,
Уи тепIэнщ, уи щащыхущ.
Зыкъегъэз мы сигу къэплъам.
Сыжеинкъым сэ нэху щыху,
Нэхур щыху, нэхур щыху, —
Уэ сыжейуэ пщIыхьу лъагъу!
Си дахэкIей
Уджыр къыбогъажьэ,
Сигу и щэху къозгъащIэу,
Нэр зыхуэзгъэплъыз, си дахэкIей.
Жэщыр хэкIуэтами,
Мазэр хэкIуэдакъым,
Вагъуэ нитIкIэ зэ къысхудэплъей.
Пшынэ Iэпэр лъаIуэу,
Пшынэ гъуагъуэр щатэу,
Уи Iэм хуэжыIэщIэу къыдолъей.
Си нэм укъеплъакIуэу,
Сигу илъ псор къэпщIатэм,
Си псэр псэхужынт, си дахэкIей.
Хышхуэ лъагъуныгъэр
Къэукъубеяуэ
Си гур кхъуафэжьейуэ кърехуэкI.
Дуней сызытетыр
Схуэмыгъэбэяууэ
Уэ сызэрыпщыщIэр къызеIуэкI.
Уджыр уогъэкIащхъэ,
Си гур зи гъэр пщащэм
Къыпхуэзэш плIанэпэм уогъэзэж.
Уи Iэр соутIыпщыжыр,
Соплъми — умыжыжьэ,
Ауэ шэчыгъуейуэ согъэзэж.
* * *
Къэкъуалъэт, къабзэт, уэшх бэлыхьт,
Уэшх хуитт, тфIихьар ди щхьэузыхьщ.
Пкъо нэхухэр уэшхым щIигъэкъуауэ
Щытт къалэр, и бгъэр иукъауэ.
ЗагъэпскIщ, загъэпскIри щIэпхъуэжауэ
Ежэхт трамвайхэр плъыжь хъужауэ.
СыщIэбэмпIыхьти бжьыхьэкIапэм,
Сыныхоувэ сэ уэшх гуапэм.
Си нэкIум ткIуэпсхэр щызэбложыр,
Зы ткIуэпс нэбжьыц къэсыхукIэ фIэсщ.
Сэ укъызоплъ, узблоплъэкIыжыр,
Уи нэкIум къыщолыд зы ткIуэпс.
Си дзэжэналъэхэр къысхуабжу
Уэшх Iэпэхэр си щIыфэм телъщ.
Уэшх дахэр, хуитыр, мо уэшх хуабэр
ЗыкъызишэкIыу къыспщIэхэлъщ…
Уэшх дахэт, къабзэт, уэшх бэлыхьт,
Уэшх бейт — ихьар ди щхьэузыхьщ.
Согупсысыжри — уэшх блэкIар
Си гуфIэгъуэшхуэм игъэпскIат.
Уэшх дахэт, къабзэт, уэшх бэлыхьт,
Къэпхьащ а уэшхым и гуэныхь…
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28274.txt"
} |
ЩIэныгъэлI пажэ
Хъубий Башир Билал и къуэр сэ къыщысцIыхуар 80 гъэхэм я пэщIэдзэрщ, Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и парт организацэм и секретару щыхахарщ. Сэ КПСС-м и обкомым срисекретарти, институтым куэдрэ сыкIуэрт, я зэхуэсхэм сыхэтт. А лъэхъэнэм институтым и Iулыджыр лъагэт. Ар кърибгъэлъэгъуэну урикъунщ абы щыгъуэм а институтым щылэжьахэм я цIэхэр: Гугу Рашад, Iулыдж Iустырхъан, Мамбэт Хьэлым, Шортэн Аскэрбий, Нало Заур, Темыржан Владимир, Хьэщхъуэжь Раисэ, Гузеев Жэмал сымэ, нэгъуэщIхэри. Институтым и унафэщIыр политикэ, къэрал лэжьакIуэ цIэрыIуэ, тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор Хутуев Хьэнэфийт. Ахэр псори, шэч хэмылъу, партым хэтт, ныбжькIэ щIалэ парт секретарь жыджэрым и нэIэ щIэту. Хъубийм гупыр къызэщIигъэуIуэфырт, щIэныгъэлIхэр лэжьыгъэм тригъэгушхуэрт, зрихьэлIэ лъэпощхьэпохэри гугъуехьыншэу къызэринэкIыфырт. Пэжыр жысIэнщи, уигу дэмыхьэнкIэ Iэмал иIэтэкъым Башир и гу къабзагъэр, цIыхухэм щабэу зэрахущытыр, сыт хуэдэ Iуэхуми хэкIыпIэ къызэрыхуигъуэтыр.
Хъубий Башир Къэралым зэхъуэкIыныгъэхэр къыщыщыхъу илъэсхэм жылагъуэ зэщIэхъееныгъэхэр къэунэхуащ, лъэпкъ Iуэху зэрахуэу. Апхуэдэ зэгухьэныгъэхэм я унафэщIхэр хущIэкъурт щIэныгъэ, творческэ интеллигенцэр, псом япэ институтым и лэжьакIуэхэр я Iуэхухэм хашэну. Псом я дежкIи зэман гугъут ар. Мис а гъащIэ гъуэгуанэ пычыгъуэр екIурэ-ещхьу къызэринэкIащ Башир, парт къалэнхэр къызыхуэтыншэу игъэзащIэу. А гугъуехьхэм зэгъусэу дыхэтащ, апхуэдэ щытыкIэм деж уи зэхуаку къыдэхъуэ зэныбжьэгъугъэр куэдрэ уи Iэпэгъущ.
90 гъэхэр къэсащ. СССР-р щыкъутэжым, лэжьапIэ IэнатIэхэр къызэрызэтеувыIам гугъуехь куэд къишащ: цIыхухэм я псэукIэр екIэкIуащ, ябгъэдэлъ мылъку елъытауэ цIыхубэр зэхэщхьэхукI хъуащ. Апхуэдэ Iуэхухэм мыхъумыщIагъэ куэд къыхуахьащ урысей жылагъуэм.
Мылъку и лъэныкъуэкIэ щыIэ гугъуехьхэм емылъытауэ, цIыхухэм Iуэхутхьэбзэ щыхуащIэ IуэхущIапIэхэр, ныбжь зиIэхэм, дэIэпыкъуэгъуншэу къэнахэм папщIэ унэхэр къызэIуахырт. Абыхэм дызделэжьым гугъуехьышхуэ къытлъыкъуэкIащ — Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкI IэщIагъэлIхэр диIэтэкъым. Ар икIэщIыпIэкIэ зи ужь ихьэн хуей Iуэхут. А лъэхъэнэм КъБР-м лэжьыгъэмрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ и министру сылажьэрти, КъБКъУ-м и ректор Лъостэн Владимир чэнджэщ естащ социальнэ лэжьыгъэмкIэ IэщIагъэлIхэр щагъэхьэзыр къудамэ къызэIуихыну. УнафэщI Iэзэм си псалъэхэр зэхищIыкIри, Iуэхум и хэкIыпIэр къэтлъыхъуэу дызэпсэлъащ икIи, зы гупсысэм дыщыхуэкIуэм, зэгурыIуэныгъэм Iэ щIэддзащ. Лъостэныр УФ-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министрым епсалъэщ, сэ КъБР-м и Президент КIуэкIуэ Валерэ сыгурыIуэри, КъБКъУ-м социальнэ лэжьакIуэхэр щагъэхьэзыр къудамэ къыщызэIутхащ. Абы лъабжьэ хуэхъуар юридическэ факультетрат. Ауэ зэтедухуа Iуэхур и кIэм нэсу зэфIэкIа хъун папщIэ, кафедрэ щхьэхуэ къызэдгъэпэщу, унафэщI тэмэми къэдгъуэтын хуейт. Абдежым сэ сигу къэкIыжащ политологиемкIэ кафедрэм и унафэщI Хъубий Башир — арат къызэIутхы- ну кафедрэр зи IэмыщIэ итлъхьэну нэхъ зыхуэфащэр. Зи гугъу сщIы лъэхъэнэр университетым лэжьэкIэщIэ щызэтриублэ зэманым ирихьэлIат, институт щхьэхуэхэр къызэIуахырти, КъБКъУ-м и ректор Къарэмырзэ Барэсбий и гуащIэ хэлъу, Социально-гуманитар институт къызэрагъэпэщащ, «Социальнэ лэжьыгъэ» IэщIагъэми щыхуеджэу.
Абы лъандэрэ илъэс 20 дэкIащ. А зэманым къриубыдэу IэщIагъэлI 2487-рэ ягъэхьэзыращ, цIыху13-м кандидат лэжьыгъэхэр пхагъэкIащ, абыхэм ящыщ куэдым жэуаплыныгъэ ин зыпылъ IэнатIэхэр ирахьэкI. Мис а псом и гуащIэ хэлъщ философие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, Социальнэ егъэджэныгъэмкIэ Урысей академием и академик Хъубий Башир.
Мы зэманми Хъубийм жылагъуэ лэжьыгъэшхуэ егъэзащIэ. ЦIыхухэм я хуитыныгъэр хъумэнымкIэ уполномоченнэу КъБР-м щыIэм и деж щылажьэ Эксперт советым хэтщ, «Формирование гражданского общества и права человека в Кабарино-Балкарской Республике» тхылъхэр зыгъэхьэзыр редакционнэ советым щолажьэ. Абы щыщу тхылъитху дунейм къытехьащ. Башир къэхутэныгъэ ирегъэкIуэкI унагъуэм исхэм я зэхущытыкIэхэм, цIыхухэм я хуитыныгъэр хъумэным ехьэлIауэ.
Хъубийр щIэныгъэлIщ, лэжьыгъэм хуэмыщхьэх цIыхущ. И пщэ къыдэхуэ Iуэхухэм жэуаплыныгъэшхуэ бгъэдэлъу бгъэдохьэри, къыдэлажьэхэм зыщIрагъэхыуи яхуидэркъым. Абы и Iэдакъэ къыщIэкIа тхыгъэхэр, философие гупсысэхэр щIэныгъэм хуищIа хэлъхьэныгъэшхуэщ.
Хъубий Башир ныбжьэгъугъэр зыгъэлъапIэ цIыхущ. Си дежкIэ лъапIэщ ди зэхуаку дэлъ гуапагъэр. И махуэ лъапIэм ирихьэлIэу езыми и унагъуэ дахэми насыпрэ узыншагъэрэ яIэну сохъуэхъу!
Зумакулов Борис,
КъБР-м, КъШР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, профессор, КъБР-м ЦIыхухэм я хуитыныгъэр хъумэнымкIэ и уполномоченнэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28281.txt"
} |
ТхакIуэр ягъэлъапIэ
ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым Урысейпсо щIэныгъэ-теорие конференц щекIуэкIащ, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием и академик, ЩIДАА-м и щIэныгъэлI-секретарь, УФ-м и ТхакIуэхэмрэ и Журналистхэмрэ я союзхэм хэт Тхьэзэплъ Хьэсэн и ныбжьыр илъэс 70 зэрырикъум и щIыхькIэ. Зэхыхьэр къызэрагъэпэщащ УФ-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэмрэ ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ институтымрэ.
Тхьэзэплъ Хьэсэн Институтым и ректор, тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор Рахаев Анатолэ конференцыр къыщызэIуихым жиIащ Тхьэзэплъ Хьэсэн и тхылъхэр гъащIэм зэрыпэджэжыр, ар усакIуэ къудей мыхъуу, щIэ гуэрхэр къэзыгупсыс IэщIагъэлIу зэрыщытыр, патент зыбжанэ зэриIэр.
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий Хьэсэн зэрыцIыху гумызагъэр, и лэжьыгъэфIым республикэр зэрыригушхуэр къыхигъэща нэужь, ехъулIэныгъэ инхэр дяпэкIи иIэну, узыншагъэ, насып и куэдыну Хьэсэн ехъуэхъури, ДАХ-м и ЩIыхь тхылъыр иритащ.
КъБР-м ЦIыхухэм я хуитыныгъэр хъумэнымкIэ и уполномоченнэ Зумакулов Борис жиIащ Хьэсэн и тхыгъэу Хэкум, гъащIэм, лъагъуныгъэм, лъэпкъ зэныбжьэгъугъэм, цIыхухэм я зэхущытыкIэм теухуахэм гупсысэ куу зэращIэлъыр, и усэхэм республикэм и композиторхэм макъамэхэр зэрыхуатхар, уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэхэм ахэр зэрагъэзащIэр. Ар Хьэсэн гуапэу ехъуэхъури, зи унафэщI IуэхущIапIэм къыбгъэдэкI ЩIыхь тхылъыр тыгъэ хуищIащ.
Филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, КъБКъУ-м и филологие факультетым и унафэщI Куянцевэ Еленэ тепсэлъыхьащ Тхьэзэплъым и усэхэмрэ поэмэхэмрэ зэрыкупщIафIэм, зэрышэрыуэм, зэрыщIэщыгъуэм, а тхыгъэхэм ди литературэм хуэфащэ увыпIэ зэрыщаубыдам, дапщэщи зэрыгукъинэм. Абы жиIащ «рубаи»-кIэ зэджэ сатыр плIырыплI усэ кIэщIхэр цIыхухэм гунэс зэращыхъур, Хьэсэн и фIыгъэкIэ, а жанр хьэлэмэтыр ди литературэми зэрыщызэфIэувар.
ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ институтым и доцент, культурологие щIэныгъэхэм я кандидат ЩауэцIыкIу Людмилэрэ Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал институтым и IэщIагъэлI нэхъыжь, филологие щIэныгъэхэм я доктор Алъхъэс Светланэрэ я псалъэм къыхагъэщащ Тхьэзэплъым и тхыгъэхэм философие, гупсысэ куу зэращIэлъыр.
Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Къэрал институтым IуэрыIуатэмкIэ и къудамэм и унафэщI, филологие щIэныгъэхэм я доктор Гъут Iэдэм жиIащ Хьэсэн тхылъеджэхэм я гум зэрыдыхьэр, дахагъэм, гуапагъэм ахэр къызэрыхуигъэушыр, и усэхэм тригъэкIуадэ зэманыр пщIэншэ зэрымыхъур.
УФ-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэт, ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ институтым и егъэджакIуэ Жылэтеж Сэлэдин жиIащ и ныбжьэгъу Хьэсэн зэрыцIыху гъэщIэгъуэныр, нэжэгужэр, гу къабзэ, псэ хьэлэл зэриIэр, и тхыгъэхэр зэрыщIэщыгъуэр. Сэлэдин Хьэсэн ехъуэхъуащ узыншагъэ, ехъулIэныгъэ иIэну.
УсакIуэ Беппаев МутIэлиб и псалъэр триухуащ «Литературная Кабардино-Балкария» журналым и редактор нэхъыщхьэ къалэныр Хьэсэн дзыхь зэрыхуащI лъандэрэ ар куэдкIэ зэрефIэкIуам, лъэпкъ литературэхэм я фIыпIэр, урысыбзэкIэ зэдзэкIауэ абы щIэх-щIэхыурэ къызэрытехуэм, тхакIуэхэм, усакIуэхэм я гуащIэм пщIэ зэрыхуищIым.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28285.txt"
} |
Сабийхэм я лэгъупыкъу
«Сабийхэм я лэгъупыкъу» фIэщыгъэм щIэт социальнэ проектым ипкъ иткIэ, Шэджэм районым щызэхэт «НыбжьыщIэ гвардие» зэгухьэныгъэм хэтхэр щыIащ сабий гематологиемрэ онкологиемкIэ центрым.
А псапащIэ Iуэхум и къалэн нэхъыщхьэу щытащ лышх узыфэр зыпкърыт цIыкIухэм я Iуэхур гугъапIэншэу зэрыщымытыр къагурыгъэIуэныр. Къапщтэмэ, мы центрым къегъэбыдылIауэ щыта сабийхэм я процент 60-р иужьрей илъэси 5-м къриубыдэу ягъэхъужащ.
НыбжьыщIэхэр цIыкIухэм яхуэупсащ зэрыджэгу хьэпшыпхэмкIэ. Апхуэдэу зэгъусэу блын газет ягъэхьэзыращ, «Сабийхэм я лэгъупыкъу» проектым и мыхьэнэм теухуа тхыгъэрэ къызытекIухьа цIыкIухэм хуагъэхьэзыра хъуэхъухэмрэ иту.
Шэрэдж Дисэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28289.txt"
} |
Мэкъумэш IэщIагъэхэр къыхыдох
Налшык дэт «Дыщэ щхьэмыж» мэкъумэш концерным и хэщIапIэм иджыблагъэ щекIуэкIащ зэIущIэ купщIафIэ. Концерным и генеральнэ унафэщI IутIыж Арсен, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым и ректор Щыхьмырзэ Мухьэмэд, а еджапIэ нэхъыщхьэм ветеринарие медицинэмкIэ и факультетым и декан Тэрчокъуэ Тимур сымэ яхуэзащ IутIыж Борис и цIэр зезыхьэу Зэрэгъыж къуажэм дэт курыт школым и еджакIуэхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ. ЗэIущIэм и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщт ныбжьыщIэхэр мэкъумэш IэщIагъэхэм дегъэхьэхыныр, ахэр «Дыщэ щхьэмыжым» и Iэщ комплексымрэ абы къепха IэнатIэхэмрэ зыщегъэплъыхьыныр.
Зэхуэсыр къызэIуихащ IутIыж Арсен. И къуажэгъу ныбжьыщIэхэр абы щыгъуазэ ищIащ езым и гъащIэ гъуэгуанэм, иджыри щIалэу мэкъумэш лэжьыгъэм дихьэхауэ зэрыщытам, иужькIэ ар IэщIагъэу къызэрыхихами тепсэлъыхьащ.
— Мы зэманым, зэрынэрылъагъущи, хуабжьу зеужьыж мэкъумэш IэнатIэм, абы къыдэкIуэу мэкъумэш IэщIагъэхэм хуеджэну хуейхэри нэхъыбэ мэхъу. Урысей Федерацэр Дунейпсо Сату Зэгухьэныгъэм (ВТО) зэрыхыхьам, къежьа инновацэ технологиехэм, мэкъумэш IэнатIэм механизацэмрэ автоматизацэмрэ зэрызыщаужьам IэщIагъэлIхэр гъэхьэзырынми бгъэдыхьэкIэщIэхэр къагъэсэбэпыну къегъэув. Апхуэдэ къалэнышхуэм къызыхуэтыншэу пэлъэщ еджапIэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ КъБКъМУ-р, — къыхигъэщащ IутIыжым. — «Дыщэ щхьэмыж» мэкъумэш концерным а еджапIэ нэхъыщхьэм илъэс къэс ирищIылIэнущ зэгурыIуэныгъэ хэха. Абы ипкъ иткIэ ди IэнатIэм папщIэ КъБКъМУ-м игъэхьэзырынущ IэщIагъэлIи 5 — 10. Абыхэм я лэжьыгъэ практикэхэр ди деж щекIуэкIынущ икIи а IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэр иужькIэ дэ лэжьакIуэу къэтщтэжынущ.
«Дыщэ щхьэмыж» мэкъумэш концерным мы зэманым щолажьэ цIыху 600-м щIигъу. Ахэр къызыхуэтыншэу къызэгъэпэщащ я лэжьыгъэкIэ, социальнэ, медицинэ IуэхутхьэбзэхэмкIэ, улахуэ тэмэм къахь. Концерным и лэжьакIуэхэм папщIэ иухуэну и мурадщ псэупIэ унэхэр.
АдэкIэ ныбжьыщIэхэм захуигъэзащ КъБКъМУ-м и ректор Щыхьмырзэ Мухьэмэд. Ар еджакIуэхэм яхутепсэлъыхьащ зи пашэ еджапIэм щекIуэкI егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэм. Студент мини 8-м нэс щоджэ университетым. Абыхэм къахь стипендиехэр ику иту сом мини 8 мэхъу. НэхъыфIу еджэхэм я стипендиехэр сом мин 15-м нос. Мэкъумэш IэщIагъэ 25-м ахэр хурагъаджэ щIэныгъэлI мини 2-м нэсым. ЕджапIэм илъэс къэс къещтэ студент минрэ ныкъуэм щIигъу. Ахэр общежиткIэ къызыдогъэпэщ. Университетым и щIалэгъуалэр хэтщ къэралпсо, дунейпсо щIэныгъэ-практикэ конференцхэм, зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэм.
— ЩIэныгъэрэ IэщIагъэрэ зэрыщызрагъэгъуэтым къыдэкIуэу, ди деж щеджэ щIалэгъуалэр жыджэру хэтщ республикэм и щэнхабзэ гъащIэм. Абыхэм ябгъэдэлъ зэчий зэхуэмыдэхэр къызэкъуахыну, ягъэлъэгъуэну Iэмалхэр яIэщ. Университетым къыщызэдгъэпэщауэ щолажьэ лъэпкъ къафэхэмкIэ ансамблыр, «Синдхэр» зыфIащар. Ди еджакIуэхэр хэтщ «Студент гъатхэ» фестивалым, КВН джэгухэм. Апхуэдэу диIэщ дызэрыгушхуэ спортсменхэри: ди гъэсэнхэм къахэкIащ Олимп Джэгухэм я чемпион, дунейпсо чемпионхэр, УФ-м спортымкIэ и мастерхэр, — яжриIащ Щыхьмырзэм ныбжьыщIэхэм.
Ректорым и псалъэм дыщIигъуу зэIущIэм кърихьэлIахэм захуигъэзащ Тэрчокъуэ Тимур. Ар зэпкърыхауэ тепсэлъыхьащ зи унафэщI факультетым зыщыхурагъаджэ IэщIагъэхэм, абы щекIуэкI студент гъащIэм. ИужькIэ школакIуэхэм зыщаплъыхьащ «Дыщэ щхьэмыж» мэкъумэш концерным и IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм. КъызэрыщIэкIымкIэ, «Дыщэ щхьэмыжым» илъэс зыбжанэ хъуауэ щолажьэ КъБКъМУ-м и факультет зыбжанэм я къудамэхэр, кафедрэ щхьэхуэр. Апхуэдэу студентхэм я лэжьыгъэ практикэр щрагъэкIуэкI, щIэныгъэ къэхутэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр щызэфIах, кандидат, доктор диссертацэхэр щагъэхьэзыр икIи щыпхагъэкI. А псори хуабжьу яфIэхьэлэмэт хъуащ ныбжьыщIэхэм.
ЗэIущIэм и кIэухыу егъэджакIуэхэмрэ абыхэм я гъэсэнхэмрэ фIыщIэ хуащIащ а Iуэхугъуэ хьэлэмэтыр, купщIафIэр къахузэзыгъэпэща псоми. Шэч хэлъкъым: апхуэдэ зэхуэзэхэр сэбэп хъунущ ныбжьыщIэхэм IэщIагъэ къыхахынымкIэ, гъащIэм я увыпIэ щагъуэтынымкIэ.
ЖЫЛАСЭ Маритэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28291.txt"
} |
Нобэ
Дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэным и дунейпсо махуэщ
Урысейм и экологым и махуэщ
Дание Пащтыхьыгъуэм щагъэлъапIэ Конституцэр къыщащта (1849 гъ.) махуэр.
Журналист, тхакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Бекъан Чыланий и ныбжьыр илъэс 87-рэ ирокъу.
Адыгей усакIуэ Хъунэгу Нурет къыщалъхуа махуэщ.
УФ-м щIыхь зиIэ и псыщIэгъэлъадэ Мамхэгъ Алексей и ныбжьыр илъэс 74-рэ ирокъу.
Радиожурналист Къудей Лидэ къыщалъхуа махуэщ.
Шэрджэс еджагъэшхуэ, мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор Мамбэт Мурадин и ныбжьыр илъэс 53-рэ ирокъу.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 22 — 24-рэ, жэщым градус 16 — 17 щыхъунущ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28301.txt"
} |
Нало Заур и вагъуэ
Мы гъэм бадзэуэгъуэм и 7-м къызэралъхурэ илъэс 85-рэ ирокъу КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ Нало Заур. КъБР-м и Правительствэм и деж къыщызэрагъэпэщащ Нало Заур и фэеплъыр хъумэнымрэ абы и щIэныгъэ, литературэ щIэиныр зыхуей хуэгъэзэнымкIэ гуп щхьэхуэ.
КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Портэ Галинэ зи пашэ гупым хэтщ республикэм егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Семэн Пщыкъан, ЦIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ министр Къумахуэ Мухьэдин, БизнесымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым и ректор Хъурей Феликс, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ институтым и лэжьакIуэхэу Гъут Iэдэм, ТIымыжь Хьэмыщэ, нэгъуэщIхэри.
Гупым и япэ зэхуэсым унафэ щащIащ Нало Заур и фэеплъ пшыхьыр мы гъэм и жэпуэгъуэ мазэм ирагъэкIуэкIыну, апхуэдэу абы ирихьэлIэу зэхашэнущ тхакIуэ, щIэныгъэлI цIэрыIуэм хуэгъэпса конференц. Абы къищынэмыщIауэ, Налом и фэеплъ еджэныгъэхэр илъэсищ къэс зэ ирагъэкIуэкIыну къыхалъхьащ.
Нало Заур къызэралъхурэ илъэс 85-рэ щрикъу махуэм, республикэм и «1 КъБР» телерадиокомпанием тхакIуэ цIэрыIуэм теухуа документальнэ фильм къитынущ, «Адыгэ псалъэ» газетым и къыдэкIыгъуэ щхьэхуэ триухуэнущ.
ДызыхуэкIуэ илъэсищым къриубыдэу зэфIагъэкIын хуейуэ къалэн пыухыкIахэр зыхуагъэувыжащ гупым хэтхэм. Апхуэдэу 2014 гъэм тхакIуэр щыпсэуа, Горькэм и цIэр зезыхьэ уэрамым тет унэ №15-м фэеплъ пхъэбгъу фIадзэнущ, Заур къыщалъхуа Хьэтуей жылэм абы и бюст къыщызэIуахынущ 2015 гъэм ирихьэлIэу. 2014 — 2016 гъэхэм «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм къыдигъэкIынущ Налом и тхыгъэ къыхэхахэр зэрыт томищыр. Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым игъэхьэзырынущ абы и щIэныгъэ лэжьыгъэ къыхэхахэр щызэхуэхьэсыжа, томитI хъу къыдэкIыгъуэр. Сабийхэм папщIэ игъэхьэзырауэ щыта «Щэнгъасэр» къыдэкIыжынущ, абы и гъусэу дунейм къытехьэнущ а тхылъым и 2-нэ Iыхьэр. А псом къищынэмыщIауэ, я мурадщ, иджыри къэс щIэджыкIакIуэхэм ямылъэгъуауэ, Нало Заур и IэдакъэщIэкI нэхъыфIхэр урысыбзэкIэ зэдзэкIауэ зэрыт тхылъ 2015 гъэм ирихьэлIэу дунейм къытрагъэхьэну.
Гупым хэтхэр тепсэлъыхьащ Нало Заур и цIэр Налшык къалэ, Хьэтуей, Анзорей жылэхэм я уэрамхэм ящыщхэм яфIэщыным, апхуэдэуи тхакIуэм и фэеплъ гъэувыным.
Тхьэхущынэ Ланэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28303.txt"
} |
Фортов Владимир дзыхь ирагъэз
ХъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэм нэхъ япэкIэ къызэратащи, накъыгъэм и 28-м щегъэжьауэ мэкъуауэгъуэм и 1-м нэсыху Москва щекIуэкIащ Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и академием и зэIущIэшхуэ. Къэралым и щIэныгъэ IуэхущIапIэ нэхъыщхьэм иригъэкIуэкIа лэжьыгъэм теухуа отчетым едэIуа нэужь, щIэныгъэлIхэм хахащ Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и академием и президиумыр. Академием и Президент къулыкъур хуагъэфэщащ дуней псом къыщацIыху еджагъэшхуэ, академик Фортов Владимир.
ЩIэныгъэм зегъэужьынымкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ а зэхыхьэм ди республикэм и цIэкIэ хэтащ Урысейм щIэныгъэхэмкIэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым и тхьэмадэ, а щIэныгъэ центрым информатикэмрэ щIыналъэ IуэхухэмкIэ и институтым и унафэщI, техникэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор Иуан Петр, Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и академием и Къэбэрдей- Балъкъэр щIэныгъэ центрым и тхьэмадэм щIэныгъэ IуэхухэмкIэ и къуэдзэ, филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор Улаков Махъты, Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым къурш щIыналъэхэмкIэ и институтым и унафэщI, Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и академием и член-корреспондент, биологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор Тембот ФатIимэ, Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым прикладной математикэмрэ автоматизацэмкIэ и щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и унафэщI, физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор Нэхущ Викторие, Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и унафэщI, тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор Бгъэжьнокъуэ Барэсбий сымэ.
Къудей Борис.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28306.txt"
} |
Къэрал хъужыр дэракъэ-тIэ?
«Хамэ сабий щыIэкъым» псапащIэ телемарафоныр иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Къэбэрдей-Балъкъэр» ГТРК-м. Мы Iуэху гуапэр абы иджы еплIанэрэ къызэрегъэпэщ.
Хабзэ дахэ хъуауэ, псапэ зыпылъ Iуэхум къыхохьэ къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэхэр.
ЗэрыгурыIуэгъуэщи, мылъку зэхэдзэ ящIымкIэ сабий ныкъуэдыкъуэхэм, зыхуей хуэмызэхэм ядоIэпыкъу. Мы зэм сом 574.384-рэ къыхэкIащи, сом мин 200-мкIэ зыщIагъэкъуэнущ Лашынкъей щыщ, зи узыншагъэр егъэфIэкIуэжын хуейуэ къызыпэщыт Къамгъуэт Айдамыр цIыкIу, апхуэдэуи Зеикъуэ къуажэм дэт школ-интернатым щыIэхэм папщIэ ахэр зыхуей хьэпшыпхэр къащэхуащ. Сабийхэр хъумэным и дунейпсо махуэм абы нэхъ тыгъэ лъапIэ щыIэ?!
Къыхэгъэщыпхъэщ: нэгъабэ мыпхуэдэ марафоным къыхэкIа сом мин 330-мкIэ сабий сымаджищым ядэIэпыкъуащ (Приказчиков Тимур, Емгъэхь Марие, Кайдаш Полинэ), Зеикъуэ, Нартан дэт школ-интернатхэм техникэ, хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэр хуашащ. ЗыщIагъэкъуащ Налшык сабий унэ-интернатымрэ «Нэмыс» центрымрэ щыIэ цIыкIухэми.
Мыгъэрей псапащIэ Iуэхур щекIуэкIар Профсоюзхэм ЩэнхабзэмкIэ я унэрщ. Зеикъуэ къуажэ дэт школ-интернатым щыIэ цIыкIухэм я Iэдакъэ къыщIэкIа хьэпшып, сурэт куэдыкIей зэщIэлыдэу абы щыплъагъурт. ЦIыхухэм ахэр псынщIэу зэбграхащ, я гум къыбгъэдэкIыу абыхэм хуащIа уасэхэри Iуэхум халъхьащ. Парламентым, Правительствэм я лIыкIуэхэр, газетхэм я редактор нэхъыщхьэхэр, хьэрычэтыщIэхэр, налшыкдэсхэр… сабийхэм папщIэ зигу къиузыкI куэд Iуэхум хэтащ.
— Мы Iуэхум зыщыхуэдгъэхьэзыркIэ гулъытэ хэха зыхуэтщIыр нэхъыбэ дыдэу ди щIэгъэкъуэн хуэныкъуэ сабийхэрщ, — жиIащ «Къэбэрдей-Балъкъэр» къэрал телерадиокомпанием и унафэщI Къэзанш Людмилэ. — ЕдгъэкIуэкI Iуэхум мы гъэм пытща къудейкъым, атIэ «Хамэ сабий щыIэкъым» зыфIэтща псапащIэ фонд къызэIутхащи, дыщогугъ ди цIыхухэм ягу дынэсу, зэгъусэу сабий сымаджэхэм щIэгъэкъуэныфI дахуэхъуну. КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымрэ курортхэмкIэ и министерствэм дыдолажьэри, я узыншагъэкIэ япэу дызыдэIэпыкъун хуей цIыкIухэм я цIэ-унэцIэхэр абы къыщыджаIэ. Си фIэщ мэхъу ди республикэм щыпсэухэр зэрыцIыху гуапэхэр, гу зэIуха зэраIэр, псом хуэмыдэу сабийхэм хуаIэ лъагъуныгъэр зэрыиныр. Псоми фIыщIэшхуэ яхузощI я мылъку, я къару, я зэман емыблэжу мыпхуэдэ Iуэхухэм къызэрекIуалIэм щхьэкIэ.
КъБР-м и Парламентым и унафэщIым и къуэдзэ Саенкэ Татьянэ къыхигъэщащ: «Дэращ зи къалэныр сабий ныкъуэдыкъуэхэм, зи Iэпкълъэпкъым сэкъат иIэхэм зыкъаужьыжынымкIэ лэжьыгъэ зэфIэзыхыну. Абыхэм я гъащIэр зыхуэдэнур зэлъытар ди гулъытэрщ. Дыхуэсакъыпхъэщ дэтхэнэми и узыншагъэм. Мы зэманым Къэбэрдей-Балъкъэрым щопсэу зи узыншагъэр мытэмэм сабий 4056-рэ. Пэжщ, мащIэкъым, ауэ псоми ди гуащIэ зэхэтлъхьэу а цIыкIухэм сэбэп дазэрыхуэхъуфыным и ужь дитын хуейщ», — жиIащ Татьянэ.
КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Хьэсанэ Руслан къызэрыхигъэщамкIэ, щогуфIыкI республикэм и цIыхубэм гуапагъэ я гум зэризым. «ДэIэпыкъуэгъу хъун хуейр къэралырщ, щыжаIэм и деж сэ сызэгупсысыр зыщ: къэрал хъужыр дэракъэ-тIэ, цIыхубэр аракъэ?!», — жиIащ Хьэсанэ Руслан.
БАГЪЭТЫР Луизэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28310.txt"
} |
Бещтокъуэ Хьэбас и ныбжьыр илъэс 70 ирокъу
ЛIэщIыгъуэм и усакIуэ хужыпIэ хъунущ абы, дэ зы лIэщIыгъуэм дызэрыщыпсэум тепщIыхьу. Ауэ Хьэбас и усэхэр лIэщIыгъуэм хэкIуэдэжын тхыгъэкъым. Абыхэм адыгэпсэр ягъэгушхуэнущ, ягъэпIейтеинущ ди лъэпкъыр дунейм тетыху, усыгъэм еджэн щыIэху.
1969 гъэм къыдэкIа и япэ тхылъым къыщыщIэдзауэ, Бещтокъуэм и лэжьыгъэм укIэлъыплъмэ, абы усэр зи щIасэхэр зэи игъэщIэхъуакъым, я гумрэ я псэмрэ къалъыхъуэр а тхылъхэм къыщагъуэтащ. Аращ Хьэбас адыгэ усыгъэм зезыгъэузэщIа тхакIуэу къыщIэлъытапхъэри.
Абы и лъагъуныгъэ усэ щабэхэм зы щIэблэкъым щIэджыкIар. Бещтокъуэм Хэкумрэ анэдэлъхубзэмрэ ятеухуауэ жиIэфамрэ гууз-лыузу къиIуэтэфамрэ къагъэлъагъуэр «лъэпкъым и напэ» жыхуаIэ усакIуэу зэрыщытырщ.
Бещтокъуэ Хьэбас щIэныгъэ зыбгъэдэлъ цIыхущ. Ар Москва къэрал университетым и журналистикэ факультетым, аспирантурэм зэрыщеджам зымащIэкIэщ зэрыпхуепхынур, сыту жыпIэмэ еджапIэ узыщIэсар арагъэнукъым нэхъыщхьэр, атIэ еджэным уигу хузэIухауэ щытынырщ, упсэуху тхылъыр уи Iэпэгъунырщ. Бещтокъуэм и зэманыр щIимыкIыр, уеблэмэ а зэманыр къызэринэкIыу щIэжыжьаплъэр щIэныгъэрэ гупсысэрэ бгъэдэлъщи аращ.
Хьэбас усакIуэ къудейкъым, ар публицистщ, лъэхъэнэм и гъуджэм дыбгъэдишэу абы фIырэ Iейуэ къищыр дэзыгъэлъагъущ. И нэр зыхуиуфIыцIын гуэрхэр зылъагъум езым усакIуэр щигъэкъуаншэ къэхъуащ, ауэ ари уэим щIэпщIын щыIэкъым: къалэмыр зыIэщIэлъыр а псом хуэхьэзыру щытыпхъэщ.
Лъэпкъыр къызэращIэр, цIэрыIуэ зыщIыр и псэукIэм акъылрэ дахагъэу хэлъымрэ нэгъуэщIхэм яфIэгъэщIэгъуэныну къигъэщIыфымрэщ. Адыгэ литературэм нобэ игъуэта зыужьыныгъэр зи фIыщIэхэм ящыщ Бещтокъуэ Хьэбас лъэпкъыр ирогушхуэ.
УсакIуэ гъуэзэджэм дохъуэхъу гъащIэм гу щихуэну, къызыхэкIа лъэпкъым, ди щIыналъэм я ехъулIэныгъэ куэд илъагъуну.
КъБР-м ЦIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ, ЩэнхабзэмкIэ и министерствэхэр, «Адыгэ псалъэ» газетым, «Iуащхьэмахуэ», «Нур» журналхэм я редакцэхэм, ВТК-м и «Къэбэрдей-Балъкъэр» ГУ-м, «Къэбэрдей-Балъкъэр» ГТРК-м я лэжьакIуэхэр.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28314.txt"
} |
Сенаторыр зеиншэхэм ялъогъуазэ
УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къыбгъэдэкIыу хэт Бечелов Ильяс иджыблагъэ щыIащ сабий зеиншэхэмрэ адэ-анэхэм я нэIэ щIэмытыжу къэна сабийхэмрэ щапIыж интернату Бахъсэн районым хыхьэ Кременчуг-Константиновскэ къуажэм дэтым.
А IуэхущIапIэм иригъэкIуэкI лэжьыгъэм, сабийхэр зэрырагъаджэмрэ зэрапIымрэ сенаторыр, «Урысей зэкъуэт» партым, Урысейпсо сабий фондым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм, республикэм Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм я лIыкIуэу абы щIыгъуахэр щыгъуазэ ищIащ интернатым и унафэщI Къунащ Арсен.
«Иджыпсту ди деж сабий 46-рэ щопсэури, зыхуей хуозэ, ди лэжьакIуэхэм гулъытэ хэха хуащI цIыкIухэм зегъэгъэпсэхуным, я узыншагъэр егъэфIэкIуэным», — жиIащ абы.
ЗэIущIэм къыщыщыпсалъэм Бечелов Ильяс къыхилъхьащ адэ-анэхэм зэрадэлажьэр ирагъэфIэкIуэну, апхуэдэу дэтхэнэ лъэпкъми я лIыкIуэхэм щIэблэр тэмэму гъэсэным теухуауэ епсэлъэну.
Сабий зеиншэхэр, адэ-анэхэм я нэIэ щIэмытыжу къэна сабийхэр щапIыж IуэхущIапIэхэм ядэIэпыкъуныр куэд щIауэ республикэм хабзэ щыхъуащ. Псалъэм папщIэ, «Урысей зэкъуэт» партым и щIыналъэ къудамэм и исполкомым и унафэщI Канунниковэ Татьянэ зэрыжиIамкIэ, партым и фракцэу Парламентым щыIэм хиубыдэ депутатхэм иджыблагъэ Саратов областым и сымаджэщхэм ящыщ зым щагъэхъужын папщIэ зы сабий ягъэкIуащ. Партым и лIыкIуэхэр щIэх-щIэхыурэ интернат еджапIэхэм макIуэ икIи ахъшэкIэ зыщIагъакъуэ.
Алокъуэ Аринэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28317.txt"
} |
БэнэкIэ хуит
Урыш Анзор и махуэ
Бахъсэн куейм щагъэлъэпIащ бэнэкIэ хуитымкIэ Европэм тIэунейрэ чемпион щыхъуа, 2012 гъэм Олимп Джэгухэм хэта, «Урысейм спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер» цIэр зэфIаща Урыш Анзор.
Бахъсэн куейм и администрацэм и жэрдэмкIэ къызэрагъэпэща гуфIэгъуэ зэIущIэм кърихьэлIащ республикэм и Правительствэм и лIыкIуэхэр, КъБР-м и Парламентым и депутатхэр, куей, къуажэ администрацэхэм я унафэщIхэр.
ГуфIэгъуэкIэ, IэгуауэкIэ Урысейм и гимным щIэту чемпионыр кърагъэблэгъащ и ныбжьэгъухэмрэ Iыхьлыхэмрэ.
«Анзор хуэдэ щIалэхэм я фIыщIэкIэ ди республикэр дуней псом къыщацIыху», — псалъэхэмкIэ чемпионым IущIа район администрацэм и унафэщI Сыжажэ Хьэсэн щIалэм спортым зэфIэкI лъагэхэр къызэрыщигъэлъагъуэм, Бахъсэн куейм физическэ щэнхабзэм зыщиужьынымкIэ и гуащIэ зэрыхилъхьэм папщIэ щIыхь тхылъ иритащ.
«СпортымкIэ Урысейм щIыхь зиIэ и мастер» удостоверенэмрэ бгъэхэIумрэ спортсменым иритащ КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Къаздэхъу Альберт.
ЯгъэлъапIэ чемпионым и тренер икIи и къуажэгъу Тембот Анзор хуагъэфэщащ «Урысейм щIыхь зиIэ и тренер» дамыгъэр.
Чемпионым гуапэу ехъуэхъуащ и япэ егъэджакIуэр, езыр щыпсэу Псыхъурей къуажэ школым и унафэщIыр.
ЩIалэм и адэ-анэмрэ къызыхэкIа лъэпкъым я нэхъыжьхэмрэ фIыщIэ ин хуащIащ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и мызакъуэу, къэралым и щIыхьри зыIэт бын зэрагъэсам папщIэ.
Алокъуэ Аринэ.
Грепплинг
Дыщэ медаль 11 къахь
Иджы япэу «Налшык» спорткомплексым грепплингымкIэ КъБР-м и куейхэм я турнир щекIуэкIащ. Спортсменхэр щIэбэнащ «Аллигатор» спорт клубым и саугъэтым.
Грепплингыр хохьэ спорт бэнэкIэмкIэ дунейпсо федерацэм и лIэужьыгъуэхэм. АбыкIэ дунейпсо, Европэ чемпионатхэр ирагъэкIуэкI. Адрей бэнэкIэ лIэужьыгъуэхэм ар къащхьэщокI, бэнэгъуэ зэманыр мащIэ дыдэу зэрыщытымкIэ, абы къыхэкIыуи спортсменхэм я зэфIэкIым къихьыр напIэзыпIэм кърагъэтIэсэн хуей мэхъу. Грепплингым хьэрхуэрэгъум уебгъэрыкIуэну ухуиткъым IэкIи лъакъуэкIи.
Турнирым къызэхуишэсащ а спорт лIэужьыгъуэмкIэ Урысей, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм ехъулIэныгъэхэр щызыIэрызыгъэхьа спортсмен нэхъ Iэчлъэч дыдэхэр. Ди бэнакIуэ 11-м абы текIуэныгъэ къыщахьащ. Абыхэм ящыщу 10-р «Аллигатор» спорт клубым и гъэсэнщ. Я хьэлъагъ елъытауэ, зыхэта зэпеуэхэм нэхъ лъэщ дыдэу зыкъыщагъэлъэгъуащ Къэрэшей Ахьмэд, Сенэ Руслан, Бырхьэм Темрыкъуэ, Уэршэкудыгъу Алим, Емкъуж Артур, ПщыхьэщIэ Альберт, Мэкъуауэ Ислъам, Мэшыкъуэ Беслъэн, Багъ Олег, Аргъэщокъуэ Бубэ, Курбанисмаилов Расым сымэ.
Кикбоксинг
Борсэ Астемыр токIуэ
Кикбоксингым и К-1 лIэужьыгъуэмкIэ Венгрием щекIуэкIащ дунейпсо Кубок зэпеуэр. Абы текIуэныгъэ къыщихьащ тренерхэу ДыщэкI Аслъэнбэчрэ Сихъу Къазбэчрэ я гъэсэн Борсэ Астемыр.
Финал ныкъуэ зэпеуэм абы псынщIэ дыдэу хигъэщIащ Беларусым къикIа бэнакIуэ Кишкурин Павел. Финал зэпеуэм хьэрхуэрэгъу къыхуэхъуа Кишкуриным и лъахэгъу Буров Тимури ди щIалэр къыхуикIуэтакъым.
Еджэныгъэ-зыгъэсэныгъэ зэхуэсу щы къызэринэкIа нэужь, Урысейм и командэ къыхэхам хэту Борсэ Астемыр кIуэнущ мы гъэм и бжьыхьэм Бразилием щызэхыхьэну дунейпсо чемпионатым.
Гугъуэт Заремэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28322.txt"
} |
Гъунапкъэр зыхъумэхэр
Къэралым и дэнэ щIыпIи хуэдэу, Урысей ФСБ-м и Гъунапкъэхъумэ управленэу КъБР-м щыIэм къулыкъу щезыхьэкIхэм я махуэшхуэр иджыблагъэ ягъэлъэпIащ. Абыхэм я дежкIэ ар махуэшхуэ тIуащIэт: Урысейм и Гъунапкъэхъумэ IэнэтIэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 95-рэ, 43-нэ Баракъ-плъыжьзехьэ гъунапкъэхъумэ гупыр (управленэм ипэ итар) Азейрбайджан Республикэм кърашыжу Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэм зэрыщыуврэ илъэс 20 ирикъуащ.
Илъэс къэс а махуэшхуэм зэрешалIэ Хэкум и гъунапкъэхъумэ минхэр. Урысей ФСБ-м и Гъунапкъэхъумэ управленэу КъБР-м щыIэм щекIуэкI махуэшхуэ зэхыхьэм зэхуишэсат гъунапкъэр хъумэнымкIэ къалэным пэрыува щIалэщIэхэр, зи щхьэцыр къетхъуха къулыкъум и ветеранхэри. Абы кърихьэлIащ КъБР-м и унафэщIхэм, Мэзкуу областым и Руз куейм я лIыкIуэхэр, республикэм и хабзэхъумэ, къарузехьэ IэнатIэхэм, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэм, къалэ, куей администрацэхэм я унафэщIхэр.
ПыIэ щхъуантIэр зыщхьэрыгъ зауэлIхэр маршым щIэту унафэщIхэмрэ хьэщIэ лъапIэхэмрэ яблэкIащ. Урысейм и гъунапкъэхъумэ къулыкъум лIыхъужьыгъэр и куэдщ. Иджырей щIэблэм япэ итахэр я щапхъэу Iуэхум адэкIэ пащэ. Гъунапкъэхъумэ управленэм и пщIантIэм щагъэува мемориалым деж щызэхуэсащ махуэшхуэм кърихьэлIахэр. Лъэхъэнэ, илъэс зэхуэмыдэхэм, иджырей зэманым зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэдахэм я фэеплъым пщIэ хуащIу ахэр дакъикъэкIэ щымащ.
АдэкIэ спорт къалэ цIыкIум Гъунапкъэхъумэ управленэм и лэжьакIуэхэм я Iэзагъыр щагъэлъэгъуащ. ИужькIэ хьэщIэхэр губгъуэ пщэфIапIэ зызыубгъуам ирагъэблэгъащ. Махуэшхуэ зэхыхьэр концерткIэ иухащ.
Уэрдокъуэ Идар.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28326.txt"
} |
Хьэмыку Жаннэрэ ар фIыуэ зылъагъухэмрэ
Гъуазджэр фIыуэ зылъагъухэр, КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Хьэмыку Жаннэ и творчествэм дихьэххэр Къэбэрдей къэрал драмэ театрым щызэхуэсат. Жаннэ и бенефису ягъэлъэгъуащ итальян драматург Николаи Альдо и пьесэм къытращIыкIа «Гулъытэншэ хъуахэр» спектаклыр (зыгъэувар УФ-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Фырэ Русланщ).
Театрым и артистхэм дахэу утыку кърахьащ гъащIэм и зы Iыхьэ пэж: зэгуэр езыхэри а ныбжьым зэрынэсынур ямыщIэу бынхэм я адэ-анэм лей зэрытрагъэхьэр. Жьы хъуахэр щапIыж унэм къыщыхъу Iуэхугъуэщ спектаклым къигъэлъагъуэр, ауэ абыкIэ жыIа мэхъу нэхъыжьхэмрэ нэхъыщIэхэмрэ яку дэлъ зэхущытыкIэр, къэзылъхуахэм хьэм и пщIэ зэрыхуамыщIыр, я щхьэ ифI фIэкIа къызэрамылъыхъуэм, мылъкум я нэр къызэрыщригъэпхъуам цIыху сэфэтым зэрыришыр. «ГъащIэ гъуабжэ, зэшыгъуэ, хэкIыпIэншагъэ, къызэбнэкIа гъащIэм епха гукъэкIыж»… а гупсысэхэр и кIыхьагъкIэ щыпхышащ абы. «Бынхэм дэрэ дуней зырыз дытет хуэдэщ, псом нэхъыфIыр зыми ущымыгугъыу упсэунырщ» — а гупсысэр щIегъэбыдэ спектаклым. Ар пэжщ, ауэ узэрыхуей дыдэм хуэдэу щыхъуркъым гъащIэм, къыпэпкIухьын, дэпчыхын, уи гугъэм пэIэщIэ гуэрхэм зыщыдэбгъэшын хуей куэдрэ къохъу. АтIэми, ар уи адэ-анэм елъытамэ, абы гуитIщхьитIыгъэ гуэри къыщIыхэкIын щыIэкъым. Ауэ ар къагурыIуэркъым Нинелрэ (ролыр зыгъэзащIэр Къэжэр Борисщ) Мимирэ (Хьэмыку Жаннэ) я бынхэм. ЯхузэфIэкIращи, бынхэм я жыIэм къыщIэкIыну хэтщ, тIэкIу кIасэIуэу къыпщыхъуми, насып кIапэ зрагъэгъуэтыным папщIэ.
Спектакль нэужьым утыку къихьащ пшыхьыр езыгъэкIуэкIа артисткэ КIэхумахуэ ФатIимэ. Абы япэу сценэм къригъэблэгъа хъыджэбз цIыкIум псори хьэщыкъ ищIат. Хьэмыку Жаннэ и къуэрылъху Денизэ анэшхуэм макъамэкIэ ехъуэхъуащ, уэрэдитI дахэ дыдэу игъэзэщIащ (и гъэсакIуэр Бжьыней Маринэщ).
КъыкIэлъыкIуэу псалъэ иратащ КъБР-м и Iэтащхьэм и чэнджэщэгъу Уянаевэ Iэминат.
— Актер IэщIагъэр къыхэзыхам цIыхубэм и пщIэ хуэфащэщ, абы ину ирипагэ хъунущ, сыту жыпIэмэ псэ къару хэплъхьэу утыкум ущыджэгуныр, роль гъэщIэгъуэнхэм уихьэу ахэр пэжагъ ин хэлъу къэппсэуныр зыхузэфIэкIынур зэчийм и мызакъуэу, лIыгъэшхуи зыхэлъ цIыхурщ, — жиIащ Уянаевэм. — Зэчийр Тхьэм и тыгъэщ икIи ар Хьэмыку Жаннэ нэсу къигъэсэбэпащ. Ар дэ долъагъу театрым дыкъэкIуэху. Актер нэхъыжьхэм хаша лъагъуэм дахэу ирикIуэ актрисэ лъэщщи, ефIэкIуэну ди гуапэщ.
Мы гъатхэм къриубыдэу Къэбэрдей къэрал драмэ театрым бенефисхэмкIэ дызэригъэгуфIэр къыхигъэщащ къыкIэлъыкIуэу псэлъапIэр хуит зыхуащIа, КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къуэдзэ Карчаевэ Аминэ. Зи махуэр зыгъэлъапIэ Жаннэ ехъуэхъуа иужь, ар министрым къыбгъэдэкI тхыгъэ гуапэм къеджащ.
Хьэмыку Жаннэ и лэжьыгъэм, и гъащIэм, и цIыху щIыкIэу зыщыгъуазэм гуапэу и гугъу ящIу зэIущIэм къыщыпсэлъащ Налшык къалэ администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Дол Анжелэ, а IуэхущIапIэм щэнхабзэмкIэ и управленэм и унафэщI Токъуий Мадинэ, КъБР-м и Театр лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщIым и къуэдзэ Куэтэншы Хьэлимэт, Тэрч район администрацэм и тхьэмадэм и къуэдзэ КIэрэф Мурадин. Утыкум къадит я ныбжьэгъум псалъэ IэфIхэр хужаIащ УФ-м щIыхь зиIэ и артистхэу ЖьакIэмыхъу КIунэрэ Балъкъыз Валерэрэ, КъБР-м и цIыхубэ артист Къэжэр Борис, КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ, ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым Хьэмыкум щыдэлажьэ Балъкъэр Тамарэ.
ЗэIущIэм и кIэухыу микрофоныр къищтащ езы Хьэмыку Жаннэ. Пшыхьыр къызэзыгъэпэщахэми абы кърихьэлIа псоми фIыщIэ ин яхуищIа иужь абы жиIащ:
— Артистым сытым дежи упщIитIкIэ зыхуагъазэ: щыщIалэм — и хъуэпсапIэм, и ныбжьыр хэкIуэта иужь, насыпыфIэрэ и мурадхэр къехъулIа-къемыхъулIарэ. Мыращ а упщIэхэм теухуауэ жысIэфынур. Хуабжьу сыщынасыпыфIи щыIащ, сынасыпыншэу зыкъыщыслъытэжи куэдрэ къэхъуащ, ауэ лэжьыгъэншэу сыкъыщынэм и деж тIэуней сынасыпыншэщ. Творческэ цIыхухэр щыщыуэ куэдрэ къохъу, сэри абыхэм сащыщщ. Театрым зыри щызэзмыгъэхъулIэфыну сыщигугъаи, абы сыхуэмыфащэу къыщысщыхъуаи къэхъуащ. Нэхъ гъащIэ хуиткIэ, нэжэгужэкIэ сыпсэуну сыщыхуежьаи щыIащ, арщхьэкIэ ар сэратэкъым. Аращи, нобэ зы цIыхум нэхъ мыхъуми псэхугъуэ гуэр лъэзгъэIэсамэ, адэкIэ сигурэ си щхьэрэ зэтелъу сылэжьэнущ. Дэнэ сэ си ныбжьыр здынэсар?!
ИСТЭПАН Залинэ.
Сурэтхэр Толгуров Чэрим трихащ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28329.txt"
} |
Лъэпкъым и къуэ пажэ
Режиссер Iэзэ ШэрыIужь Анатолэ къызэралъхурэ илъэс 80 ирокъу
ШэрыIужь Анатолэ Аруан районым хыхьэ Псыгуэнсу къуажэм къыщалъхуащ. 1953 гъэм Москва дэт ГИТИС-м и актер факультетым щIэтIысхьащ, адыгэ студием хэту. 1958 гъэм еджапIэр къиухыу Налшык къигъэзэжа нэужь, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым лэжьэн щыщIидзащ. А IэнатIэм пэрытащ 1961 гъэ пщIондэ, ГИТИС-м и режиссер факультетым щIэтIысхьэжыхукIэ. ЕджапIэр ехъулIэныгъэкIэ къыщиухым, Барнаул лэжьакIуэ ягъэкIуащ. КъБАССР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм и лъэIукIэ, Анатолэ Налшык къашэжат. Ар лэжьащ Музыкэ театрым и режиссеру, режиссер нэхъыщхьэу, художественнэ унафэщIу.
ШэрыIужьыр зи IэщIагъэм хуэIэижь режиссерт. Абы фIыуэ къехъулIэрт ди тхакIуэхэм я пьесэхэм къытращIыкI спектаклхэри дунейпсо классикэри. Анатолэ игъэува оперэхэмрэ опереттэхэмрэ цIыхухэм ягу къинэжащ. Апхуэдэхэщ, Верди Джузеппе и «Травиата», «Риголетто», Леонковалло Руджеро и «Паяцы», Бизе Жорж и «Кармен», Къардэн Хьэсэнрэ Балэ Мухьэдинрэ зэдатха «Мадинэ» оперэхэр, Листов Константин и «Севастопольский вальс», Модунью Доменико и «Черный дракон», Эшпай Андрей и «Звезда экрана», Легар Франц и «Цыганская любовь», Портнов Георгий и «Улыбнись, Света», Балэ Мухьэдин и «Шэмхьун и фызышэ», Кальман Имре и «Сильва», Фельцман Оскар и «Пусть играет гитара», Штраус Иоганн и «Цыганский барон», Александров Борис и «Свадьба в Малиновке», Молэ Владимир и «КъагъэпцIа псэлъыхъухэр», Легар Франц и «Веселая вдова», Жырыкъ Заур и «Гум и щэхухэр», Портнов Георгий и «Третья весна» опереттэхэр, нэгъуэщIхэри.
Артист, режиссер Iэзэ ШэрыIужь Анатолэ пасэу дунейм ехыжащ, ауэ цIыхухэм фIыкIэ ягу къыщIинэн лъэужь дахэ гъащIэм къыщинащ.
Зыми емыщхь
Налшык и Къэрал киноконцерт гъэлъэгъуапIэм щекIуэкIащ адыгэ лъэпкъым и къуэ цIэрыIуэ, режиссер зэчиифIэ, унафэщI IэкIуэлъакIуэ, КъБР-м и цIыхубэ артист, гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, «И лэжьыгъэфIым папщIэ» медалымрэ «ЩIыхьым и дамыгъэ» орденымрэ зыхуагъэфэща ШэрыIужь Анатолэ и фэеплъ пшыхь. Зэхыхьэр Дунейпсо Арткомитетым Кавказ Ищхъэрэм щиIэ къудамэмрэ ШэрыIужьхэ я лъэпкъымрэ къызэрагъэпэщащ, Анатолэ къызэралъхурэ илъэс 80 зэрырикъум и щIыхькIэ.
Пшыхьыр езыгъэкIуэкIа Бетыгъуэн Iэуесрэ Мэз Джульеттэрэ ШэрыIужьым къикIуа гъуэгуанэ дахэр, и хьэл-щэн, дуней тетыкIа екIур зэхуэсахэм ягу къагъэкIыжын папщIэ, Анатолэ теухуауэ КъБР-м и телевиденэм игъэхьэзыра фильмым ахэр ирагъэплъащ. Абы къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, Театрым и лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и Iэтащхьэ Фырэ Майе, КъБР-м и Гуащэ театрым и унафэщI Шумахуэ Владимир, Гъубжокъуэ Болэт, УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ Таукеновэ Галинэ, УФ-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Бицу Юрэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и артистхэу Къардэн Борисрэ Бэгъуэтыж Светланэрэ я псалъэхэм къыхагъэщащ зи IуэхущIафэхэр щапхъэу, цIыху Iущу, гъэсауэ, щабэу дунейм тета я лэжьэгъур къазэрыхэмытыжыр ягу къызэреуэр, абы зэрыщыщIэр, кIуэтэху нэхъри зэрызыхащIэр, артист, режиссер Iэзэу зэрыщытар щынэрылъагъу и спектаклхэр ялъагъуху и фэеплъыр зэрымыкIуэдыжынур.
Режиссер гъуэзэджэм хужаIа псалъэ гуапэхэм пащащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артистхэу Мэршэнкъул Iэдэм, ШэджыхьэщIэ Аслъэнбий, Щэбэтыкъуэ Натбий (Музыкэ театрым и дирижер нэхъыщхьэ), Жангуразов Мэжид (Балъкъэр къэрал драмэ театрым и унафэщI), ЖьакIэмыхъу КIунэ (УФ-ми КъБР-ми щIыхь зиIэ я артисткэ), Музыкэ театрым и солисткэ Дау Марианнэ (КъБР-м и Профсоюзхэм щэнхабзэмкIэ и рескомым и унафэщI, УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ), Къэжэр Борис (КъБР-м и цIыхубэ артист), Бесчокъуэ Майе (КъБР-м и цIыхубэ артисткэ), Куэт Къанщобий (КъБР-м и цIыхубэ артист), Сафаровэ Тамарэ (КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ), Къуныжь Алим (КъБР-м и цIыхубэ артист), Музыкэ театрым и унафэщI Бэрэгъун Руслан, Архэст Хьэсэнбий сымэ. Абыхэм я псалъэм къыхэщащ Анатолэ сыт щыгъуи и лэжьэгъухэм ядэIэпыкъуу, я зэфIэкIхэм зригъэужьу зэрыщытам папщIэ IэфIу ягу къызэринэжар, абы хуэдэхэр зэрызэрызыххэр.
Аруан районым щIыпIэ самоуправленэмкIэ и Советым и унафэщI КIущ Валерэрэ Псыгуэнсу къуажэ администрацэм и унафэщI Къанкъул Хьэчимрэ къыхагъэщащ артист, режиссер гъуэзэджэ къызыхэкIа я къуажэгъум иIа зэфIэкIым зэрыригушхуэр, абы и IуэхущIафэхэр щIэблэм я дежкIэ зэрыщапхъэр, адэм и щапхъэр я гъуазэу и бынхэр зэрыпсэур.
Зэхыхьэм щагъэлъэгъуащ Анатолэ и лэжьыгъэхэм ящыщу Балэ Мухьэдин и «Шэмхьун и фызышэ» спектаклым щыщ теплъэгъуэ.
ШэрыIужьым и ныбжьэгъуу икIи и гъунэгъуу щыта, Музыкэ театрым и солист, КъБР-м и цIыхубэ артист Жылокъуэ Мухьэмэдин, мы фэеплъ пшыхьым зыкърезыгъэхьэлIахэм фIыщIэ яхуищIа нэужь, ягу къигъэкIыжащ Листов Константин и «Севастопольский вальс» опереттэр Налшык и Музыкэ театрым ШэрыIужьым зэрыщигъэувауэ щытамрэ ар абы къызэрехъулIамрэ, республикэм и Музыкэ театрыр зэфIэгъэувэным Толэ и къарурэ зэфIэкIрэ зэрырихьэлIар. Апхуэдэу щIигъужащ ар цIыху губзыгъэу, хьэлэлу, пщIэшхуэ къыхуащIу, Iуэху бгъэдыхьэкIэ ищIэу зэрыщытари.
Анатолэ фIыуэ илъагъуу щыта уэрэджыIакIуэ, къэфакIуэхэу Музыкэ театрым и солисткэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ Дау Марианнэ, КъБР-м и цIыхубэ артисткэ Бесчокъуэ Майе, Музыкэ театрым и солист, УФ-м щIыхь зиIэ и артист Батыр Мухьэдин, УФ-м щIыхь зиIэ и артист Ташло Алий, КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Тхьэгъэлэдж Светланэ, Осетие Ищхъэрэ-Алание Республикэм щIыхь зиIэ и артисткэ Кърым Иринэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Даур Иринэ, Музыкэ театрым и солисткэ Мэз Джульеттэ, Урысей, дунейпсо зэпеуэхэм я лауреатхэу Къудей Аскэр, Тагировэ Заремэ, Уэзрокъуэ Чэрим гум дыхьэ уэрэдхэр, «Кабардинка» ансамблым къафэ дахэхэр ягъэзэщIащ.
Анатолэ и къуэ Анзоррэ абы и къуэшым и къуэ Альбертрэ пшыхьыр къызэзыгъэпэщахэм, ар зыгъэдэха артистхэм, абы зыкърезыгъэхьэлIахэм фIыщIэ хуащIащ.
Бетыгъуэн Iэуес пшыхьыр къызэзыгъэпэща гупым къабгъэдэкIыу хабзэ, гъэсэныгъэ зыхэлъ ШэрыIужьхэ я лъэпкъым ехъуэхъуащ узыншагъэ, ехъулIэныгъэ, насып яIэну. Анатолэ хуэдэ цIыху гъуэзэджэ куэд республикэм и къуажэхэм къыдэкIыну зэригуапэри къыхигъэщащ.
Зэхыхьэм хэтащ Анатолэ и благъэхэр, Iыхьлыхэр, къыдэлэжьахэр, къэзыцIыхуу щытахэр, гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ я лэжьакIуэхэр.
БжьыхьэлI Розэ.
И благъэхэр, Iыхьлыхэр, ныбжьэгъухэм я гъусэу зегъэпсэху. 1982 гъэ
Ар сигу ихунукъым
«ЦIыху хьэлэмэту щытащ» жаIэ хабзэщ. Куэд къызэщIеубыдэ хьэлэмэт псалъэм: нэмыс, адыгагъэ, гъэсэныгъэ, Iэдэбагъ, зэфIэкI, нэгъуэщI Iэджи.
Ди жагъуэ зэрыхъунщи, апхуэдэ цIыху куэдрэ урихьэлIэркъым. ШэрыIужь Толэ пцIы иупсыну, зыгуэрым и жагъуэ ищIыну, уеблэмэ IейкIэ тепсэлъыхьыну игу къэкIыххэу щытауэ си фIэщ хъуркъым.
Дэ тIур ГИТИС-м дыздыщIэсащ, итIанэ Музыкэ театрым илъэс 20-м щIигъукIэ дыщызэдэлэжьащ. Абы игъэува оперэхэр, опереттэхэр ноби куэдым фIыуэ ялъагъу. Сэ а цIыху гуапэр зэи сигу ихужынукъым.
МЭКЪУАУЭ Хьэсэн.
ЩIэблэм я щапхъэ
ШэрыIужь Анатолэ режиссер нэхъыщхьэу Музыкэ театрым щыщыIа зэманым КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм сыщылажьэрти, щIэх-щIэхыурэ дызэхуэзэрт. Абы къыдэкIуэу, дызэгъунэгъут, ди бжэхэр зэхуэгъэзауэ.
Толэ теухуа гукъэкIыжхэр куэд мэхъу. Абырэ сэрэ дызэхуэмызэу, дызэрымылъагъуу илъэс 20-м къриубыдэу махуэ щIагъуэ блэкIакъым. Пщыхьэщхьэхэм ерыскъы IэфI зытет Iэнэм дыпэрысу лэжьыгъэ IуэхукIэ къыдэхъулIахэм дытепсэлъыхьыжу дыщыст. ЗэфIэкI имымащIэми, и щхьэ щытхъужу зэи зэхэпхынутэкъым. Iэдэбагърэ щэныфIагъыу хэлъым нэхъри игъэбжьыфIэрт. АпхуэдизкIэ гушыIэ дахэр и Iэпэгъути, мыхьэнэшхуэ имыIэу къэплъытэ зы Iуэхугъуэ гуэрым теухуауэ гъэщIэгъуэн гуэрхэр куэдрэ къущидз щыIэт. КIуэаракъэ, апхуэдизкIэ хьэл-щэн дахэ куэд зыдэплъагъу цIыху «бегъымбару» псэуащи, мо уафэм щыблэ вагъуэм хуэдэу нобэр къыздэсым си нэгу щIэтщ.
Режиссер Iэзэм игъэува спектаклхэр Музыкэ театрым и лэжьыгъэ нэхъыфIхэм ящыщщ. Ахэр цIыхухэм ягу къинэжащ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, ШэрыIужьыр режиссер нэхъыщхьэу щылэжьа зэманым театрым иIа зэфIэкIым хуэдэ нобэ дэплъагъужыркъым.
И щхьэгъусэ Мирэ цIыху губзыгъэщ. ЖыпIэнуракъэ, и бжэр хьэщIэхэм сыт щыгъуи яхузэIухащ. «И Iэгу и Iэнэу мэпсэу», — зыхужаIэхэм хуэдэщ. Я бынхэу Анзоррэ Залинэрэ си нэгу щIэту къэтэджащ. Зэщхьэгъусэхэм зэхущытыкIэ дахэ, пщIэ, нэмыс яку дэлъу къэгъуэгурыкIуащ.
ШэрыIужь Анатолэ хуэдэ цIыхухэр республикэм и щIэблэм едгъэцIыхун, абыхэм я гъащIэм щапхъэ тредгъэхын хуейуэ къызолъытэ.
БЕТЫГЪУЭН Iэуес,
Дунейпсо Арткомитетым Кавказ
Ищхъэрэм щиIэ къудамэм и Iэтащхьэ.
ШэрыIужьыр (сэмэгумкIэ щысщ) артистхэм ядолажьэ. 1979 гъэ
Адыгагъэ нэс
А хьэблэм сащыхыхьам Толэрэ Мирэрэ узэхъуапсэ хъун зэщхьэгъусэт. ЦIыхугъэрэ адыгагъэрэ зэрахэлъыр я нэгум иплъагъуэрт.
Толэ и къуэш нэхъыжь Хьэсэн, Псыгуэнсу къуажэм дэсым, я гупэм дыкъисщ. И унагъуэм щIыгъуу режиссер цIэрыIуэр къуажэм къэкIуэжа нэужь, хьэблэм дэсыр лъагъунлъагъу дыкIуэрт, фIыуэ тлъагъурти. Езыхэри къытщыгуфIыкIырт.
Абы и лэжьыгъэми дыщыгъуазэт. Игъэув спектаклхэм дригъэблагъэурэ деплъу щытащ. Ахэр нобэр къыздэсым дигу къинэжащ. Толэ цIыхугъэ, адыгагъэ нэс дэтлъэгъуащ. Ар цIыху къызэрыгуэкIт, щабэт. Къапщтэмэ, зэкъуэш псоми а хьэлыр яхэлъщ, унагъуэ тэмэмым зэрыщапIам и нэщэнэу.
Режиссер Iэзэр, цIыху гъуэзэджэр пасэу дунейм зэрехыжар ди жагъуэ хъуащ. Зэман куэд дэкIыркъым Толэ дигу къэдмыгъэкIыжу, гъащIэм къыщина лъэужь дахэм дытемыпсэлъыхьу.
ТЭРЧОКЪУЭ Фаридэ.
Анатолэ и гушыIэр сытым дежи щIэщыгъуэт. 1982 гъэ
Зэи уиущийртэкъым
ШэрыIужь Анатолэрэ сэрэ фIы дыдэу дызэрылъагъуу дыкъекIуэкIащ. Дэ тIур Москва зэгъусэу дыщыIащ — ар режиссер IэщIагъэм, сэ актерым дыхуеджэу.
Абы щыгъуэ япэ дызэхуэзауэ арат икIи псэухукIэ дызэрыгъэныбжьэгъуащ. Толэ дунейм зэрехыжрэ илъэс пщыкIубл мэхъу. Накъыгъэм и 15-м, ар къыщалъхуа махуэм, и благъэхэр, и Iыхьлыхэр, дэ, и ныбжьэгъухэр, и унэм дыщызэхуосри, ди гукъэкIыжхэмкIэ дызэдогуашэ. Апхуэдэщ илъэс къэси. Арыншауи хъунукъым, сыту жыпIэмэ абы дэ къытхуигъэнащ зэи дигу имыкIыжын псалъэ IэфIхэр, гуапагъэу, цIыхугъэу, нэмысу хэлъар, пщымыгъупщэж гукъэкIыж дахэхэр.
Музыкэ театрыр къызэрызэIуахрэ дэ тIур дызэдэлэжьащ. Абы игъэува спектаклхэм сыхэтащ. Апхуэдэщ «Севастопольский вальс» (Бессмертный Генкэ и ролыр), «Шамхьун и фызышэм» (Мафыкъ лIыжьыр), «Гум и щэхум» цIыхубзу сыщыджэгуауэ щытащ. НэгъуэщI куэдми роль гукъинэжхэр щызгъэзэщIащ. Иджыпстуи къезбжэкIыфынущ ахэр, ауэ дызытепсэлъыхь Толэ и лэжьыгъэр абыкIэ къэгъэлъэгъуа хъуну къысщыхъуркъым.
Сыту тыншт Толэ удэлэжьэну! Абы хуитыныгъэ къуитырт уэ узэрыхуейм хуэдэу ролхэр бгъэзэщIэну, итIанэт ныкъусаныгъэхэр къыщыбжиIэр. Ари уэ езым мыхъуауэ пIэрэ жыпIэу уи гум къыщыкI теплъэгъуэхэм щытехуэр куэдыкIейт. Толэ зыхищIэрт актерым къехъулIэу къыщыхъур.
И цIыхугъэкIэ Толэ хуэдэ срихьэлIакъым. ЦIыху гъуэзэджэт. Абы щыхьэт техъуэ щапхъэхэр сигу къыщыкIыжкIэ, тIэщIэкIа цIыхур зыхуэдэр, апхуэдэ абы фIэкIа дяпэкIэ дызэрыримыхьэлIэнур сощIэри, си жагъуэ мэхъу. Сыт дунейм здытетхыфынур? Зыри. Ар Толэ фIы дыдэу къыгурыIуэрт.
ШэрыIужьым хуэдэу цIыху щабэ, Iущ, щапхъэ пхуэхъу, чэнджэщкIэ узымыгъэщIэхъу урихьэлIэмэ, уи насыпу аращ. Абы сыдэплъейуэрэ и хьэл-щэн, щытыкIэ гуэрхэр сэри къысхыхьауэ къысщохъури, абы сыщогуфIыкI. Ауэ си закъуэкъым, Толэ дэлэжьа псори абы и гъэсэну щытауэ жыпIэ хъуну къыщIэкIынщ. Абы уигъэIущыртэкъым, уиущийртэкъым, езым и щытыкIэ дахэм уитхьэкъурти, уэри ещхь гуэр зэрызыхэплъхьэным ухущIигъэкъурт.
Толэ дэлэжьа дэтхэнэми уеупщIмэ, къыбжиIэфынущ абы гуапагъ куэд къыбгъэдэкIыу зэрыщытар. ЦIыхухэми, дунейми, гъащIэми гу щимыхуауэ Толэ тхэкIыжащи, дэ абы дыхуэныкъуэщ.
МЭРШЭНКЪУЛ Iэдэм.
Си гъэсакIуэ, чэнджэщэгъу
ЕджапIэ нэхъыщхьэр къэзухри, Налшык и Музыкэ театрым къэзгъэзэжат. Режиссер IэщIагъэм сыхэзышари абы и щэхухэр сэзыгъэщIари ШэрыIужь Анатолэщ.
Лэжьэн щIэздза къудейми, Анатолэ спектакль зэмылIэужьыгъуэхэр, нэхъыбэу сабийхэм яхуэгъэзахэр, дзыхь къысхуищIырт. «Долгожитель» спектаклыр япэу згъэуващ, ар си дэIэпыкъуэгъуу. Сыт щыгъуи ди чэнджэщэгъут, лэжьыгъэм дытригъэгушхуэрт, Iуэхугъуэ куэдым гу лъитэрт. ШэрыIужьым и зэфIэкI куэд ирихьэлIащ республикэм и гъуазджэм, щэнхабзэм зегъэужьыным, егъэфIэкIуэным. Щхьэх жыхуаIэр зымыщIэ лэжьакIуэшхуэт ар.
Толэ и спектаклхэр, оперэхэр, опереттэхэр цIыхухэм ягу дыхьэрт икIи пэшым щIэзу къекIуалIэрт. ЩIыпIэ Iэджэм — Москва, Харьков, Псков, Ереван, Новгород Ищхъэрэ, Краснодар, Дон Iус Ростов, нэгъуэщI къалэхэми спектаклхэр ехъулIэныгъэ, пщIэ къыпэкIуэу щыдгъэлъэгъуащ.
КъищынэмыщIауэ, Анатолэрэ сэрэ зэгъунэгъуу дыпсэут, зы унэм дыщIэсуи, хьэл-щэн дахэ зэрыхэлъым, зэрыщэныфIэм фIыуэ сыщыгъуазэт. И щхьэгъусэ Мирэ цIыху дыщэщ, я бынитIыр гъэсащ.
Толэ лъэужь дахэ гъащIэм къыщинащи, а цIыхур гуапэу ди гум илъынущ.
САФАРОВЭ Тамарэ,
Музыкэ театрым и режиссер.
Псэ къабзэ
Си адэ-анэр зэрысщIэжым хуэдэу, си адэкъуэш Толи фIыуэ сощIэж. Сыкъэзылъхуахэм зымащIэкIи пезмыдзыхыу ар фIыуэ слъагъуу щытащ.
ДыщыцIыкIум Толэ ГИТИС-м щеджэрт. Езым щхьэгъуси быни иджыри иIэтэкъыми, и быным хуэдэу фIыуэ дыкъилъагъурт, гулъытэшхуэ къытхуищIырт. Ди унагъуэм и мызакъуэу, лъэпкъым ди гуфIэгъуэшхуэт Толэ Москва къыщикIыжыр. Апхуэдэхэм деж нэхъыжьхэри нэхъыщIэхэри лъагъунлъагъу къытхуэкIуэрт. КъыщыкIуэжкIэ щыгъын щIэщыгъуэхэр къытхуихьурэ дигъэгушхуэу зэрыщытар нобэми IэфIу дигу къинэжащ. Толэ езым унагъуэ щигъуэтар нэхъ гувауэщ. Ауэ, бын къыщIэхъуа иужькIи, къытхуиIэ лъагъуныгъэмрэ гулъытэмрэ зы мащIэкIи кIэригъэхуакъым.
И теплъэкIэ Толэ лъагъугъуафIэт, щIалэшхуэт, зэкIужт, и хьэл-щэн, и дуней тетыкIэкIэ цIыху пэжт, псэ къабзэт, губзыгъэт. ФIы и лъэныкъуэкIэ абы куэд хужыпIэфынущ. И концертхэм сыщишэхэм деж абы и утыку итыкIэм, и псэлъэкIэ екIум сигъэгушхуэрт. ЖыпIэнуракъэ, лъэныкъуэ куэдкIэ ар сэркIэ щапхъэти, ещхь сызэрыхъунум сыхущIэкъуу сыкIэлъыплъырт.
Ди жагъуэ зэрыхъунщи, Толэ и ныбжьыр илъэс 63-рэ фIэкI мыхъуу зэуэзэпсэу тхэкIыжащ.
ШЭРЫIУЖЬ Аслъэн.
Апхуэдэхэр нэхъыбатэмэ…
Къыдэлажьэу щытахэр я гукъэкIыжхэмкIэ къыддогуашэ
Шумахуэ Владимир: — Ерчэн Леонид, Къардэн Хьэсэн, Балэ Мухьэдин, Анатолэрэ сэрэ къаруушхуэ етхьэлIащ Музыкэ театрыр къызэIухыным. Ар узыщыгуфIыкIын Iуэхут. ШэрыIужьым игъэува спектакль зыбжанэ щагъэлъэгъуащ Армением, Къэрэшей-Шэрджэс, Дагъыстэн, Адыгэ республикэхэм. Музыкэ театрым и архивым щахъумэ абы и лэжьыгъэ зыбжанэ. Анатолэ хэлъхьэныгъэфI хуищIащ щIыналъэм и щэнхабзэм зегъэужьыным, щIэблэр псэкIэ къулейуэ къэгъэтэджыным. Аращ Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхыдэм ШэрыIужь Анатолэ и цIэр дыщэ хьэрфхэмкIэ тхауэ къыщIыхэнар. Ар щыпсэуа унэм и блыным фэеплъ пхъэбгъу фIадзэну и чэзущ, ар къызэралъхурэ илъэс 80, дунейм зэрехыжрэ илъэс 17 щрикъум ирихьэлIэу.
Гъубжокъуэ Болэт: — Анатолэрэ сэрэ илъэситхукIэ дызэдеджащ. «Лавина с гор» кинофильмым дыстуденту зэгъусэу дыхэтащ. Абы лъандэрэ зэныбжьэгъуу дыкъэгъуэгурыкIуащ. Щхьэусыгъуэ гуэрхэмкIэ гъащIэм зэманкIэрэ зэпэIэщIэ дыщыхъуами, псэуху дызэкIэлъыкIуащ.
Таукеновэ Галинэ: — Анатолэ си япэ режиссерт. Музыкэ театрым щызгъэзэщIа роль нэхъыфIхэр ШэрыIужьыр щылэжьа илъэсхэм хуэзащ. Ар зэрыцIыху щабэм емылъытауэ, актерхэм лъэныкъуэ куэдкIэ зыдигъэужьыфырт, езым и еплъыкIэм тримыкъузащэу, зыхуей образым артистхэр дригъэувэфырт. «Похождения Дон-Жуана» опереттэр Красноярск и театрым нэхърэ нэхъыфIу зыщIыпIи щамыгъэувауэ къэзылъытэ къэпщытакIуэ гуп Москва зэгуэрым къикIат. Ди лэжьыгъэм еплъа нэужь, псалъэ гуапэ куэд къытхужаIащ икIи Красноярск театрым нэхърэ нэхъыфIу ар къыдэхъулIауэ жаIащ. Ар, дауи, Анатолэ и фIыгъэт.
Бицу Юрэ: — Спектаклхэр здэтшэ къалэхэм ШэрыIужь Анатолэ игъэувахэр сыт щыгъуи къыщыхагъэщхьэхукIырт, щытхъу куэд къыпэкIуэу. Анатолэ зэрыцIыху гуапэм къыдэкIуэуи, губзыгъэт, гъэсэныгъэ хэлът. И хьэл-щэнхэм апхуэдизкIэ узыIэпашэти, уемы-хъуэпсэнкIэ Iэмал иIэтэкъым.
Къардэн Борис: — «Шэмхьун и фызышэ» спектаклым и премьерэр пщэдей хуэдэм щыIэн хуейуэ Анатолэ среджэ. «Борис, — жи, — дауэ ухуейми щIы, къэнэжа зэманым адыгэбзэкIэ Кешэ и ролыр уэр нэмыщI зыми хуэгъэхьэзырынукъым. ЗысхъунщIа пэтми, зыри къикIакъым. Арати, игъащIэ лъандэрэ сыкъафэу утыку ситауэ уэрэд жысIэн хуей хъуащ. Ар щIыжысIэращи, хэт сыт хузэфIэкIынуми илъагъурт. ЦIыхум и мащIэри и куэдри зэхищIыкIыу псэуащ — апхуэдэхэр зырызыххэщ. Анатолэ хуэдэ цIыхухэр нэхъыбатэмэ…
Архэст Хьэсэнбий: — Анатолэрэ сэрэ зы театрым дыщылэжьащ. Дэтхэнэ зы артистми бгъэдыхьэкIэ къыхуигъуэтыфырт, и лэжьыгъэми хуэIэкIуэлъакIуэт. Ди тхакIуэхэм я пьесэхэм къытращIыкIыжа спектаклхэри дунейпсо классикэри зэхуэдэу фIыуэ къехъулIэрт.
ЖьакIэмыхъу КIунэ: — Толэ Мысостышхуэ Пщызэбий и къуажэгъуу, и классэгъуу щытащ, ГИТИС-м щызэдеджащ, иужькIэ зэдэлэжьащ. Егъэлеяуэ цIыхуфIт, псэ хьэлэлт. Ди унэ дапщэрэ къихьами, сыт хуэдизрэ сыхуэзами, и макъыр утIыпщауэ щыпсэлъа слъэгъуакъым.
Щэбэтыкъуэ Натбий: — Анатолэ щыпсэуа унэмкIэ сыблэкIыху ар сигу къокIыж. Куэдрэ дызэдэлэжьэну къытхуимыхуами, фIагъ куэд дэслъэгъуащ. Псом хуэмыдэу сигу къинэжащ Верди Джузеппе и «Травиата»-р щIэщыгъуэу зэригъэхьэзырауэ щытар.
Дау Марианнэ: — Гупсысэ куу къызыпкърыкI цIыхуу, режиссер Iэзэу къытхэтащ Анатолэ. Зи ужь ихьа Iуэхур фIагърэ ехъулIэныгъэкIэ зэфIихырт. И дэтхэнэ спектаклми щытхъу къыпэкIуэрт. Ар и щыхьэтщ лэжьыгъэм IэхъуэтегъэкIыу бгъэдыхьэу зэрыщымытам. Анатолэ псоми фIыуэ тлъагъурт, пщIэ хуэтщIырт.
Бесчокъуэ Майе: — Си лэжьыгъэм сыхэзышар, си зэфIэкIхэр къызэкъуэсхынымкIэ къыздэIэпыкъуар Анатолэщ. А зэманым артистхэр дымащIэ дыдэти, спектакль щырыщым дыхэтыну куэдрэ къыщытхуихуэ щыIэт. Ауэ, дапхуэдизу дезэшами, Анатолэ апхуэдизкIэ дыфIэлIыкIырти, спектаклхэр ди зэранкIэ щыдгъэIэпхъуа къэхъуакъым. НэгъуэщI зыгуэр абы и пIэм итамэ, хэт ищIэрэ, лэжьыгъэм апхуэдэу дыбгъэдэмыхьэнкIи хъунт. Апхуэдэ цIыху щэджащэ нэхъыбэу Тхьэм къыдит!
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28336.txt"
} |
Нобэ
Пушкин и махуэр Урысейм щагъэлъапIэ.
Урысыбзэм и махуэщ
УФ-м и Президентым 2011 гъэм мэкъуауэгъуэм и 6-м къыдигъэкIа унафэмкIэ ягъэуващ. Апхуэдэуи, мэкъуауэгъуэм и 6-р урысыбзэм и махуэу къыщалъытащ ООН-ми.
Украинэм щагъэлъапIэ журналистхэм я махуэр.
1944 гъэм ЕтIуанэ фронтыр къызэIуахащ.
1945 гъэм «1941-1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм и къару емыблэжу зэрылэжьам папщIэ» медалыр ягъэуващ.
Урыс усакIуэ щэджащэ Пушкин Александр къызэралъхурэ илъэс 214-рэ ирокъу.
ТхакIуэ, егъэджакIуэ Апажэ Ахьмэд и ныбжьыр илъэс 74-рэ ирокъу.
Физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, ЩIДАА-м и академик, ГъуазджэхэмкIэ Петровскэ академием и академик, УФ-м метеорологиемкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къалэ Хьэжбарэ и ныбжьыр илъэс 71-рэ ирокъу.
Медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик Абыдэ Мусэ и ныб-жьыр илъэс 62-рэ ирокъу.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, уафэгъуагъуэ зыщIэт уэшх пIалъэ-пIалъэкIэрэ къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 19 — 21-рэ, жэщым градус 16 — 17 щыхъунущ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28343.txt"
} |
Сочэрэ Абхъазымрэ зэпызыщIэ катамаран
Абхъаз. Автотранспорт мыхъуу, тенджыз жьы къабзэкIэ убауэу Сочэ уикIыу Абхъазым катамаранкIэ укIуэфынущ. Иджыблагъэ къызэIуахащ а зэпыщIэныгъэр.
Гукъыдэж зиIэ дэтхэнэри Гагрэ абхъаз курортым кIуэфIынущ «Сочэ-1» катамаранымкIэ. ЩIымахуэ Олимпиадэм и къалащхьэм катерыр дэкIынущ пщэдджыжьым сыхьэти 8-рэ дакикъэ 30-м икIи пассажирхэр здэкIуэ щIыпIэм сыхьэтищкIэ нэсынущ. Сочэ игъэзэжынущ пщыхьэщхьэм. Къалэдэсхэми хьэщIэхэми билетхэр къыщащэху хъунущ Сочэ и Тенджыз кхъухьтедзапIэм. Абы и уасэр сом 1200-рэщ.
ЛIыукIыр яубыд
Къэрэшей-Шэрджэс. Республикэм и вице-премьер Тебуев Ансар зыукIауэ зыхуагъэфащэ бзаджащIэр Сочэ къалэм щаубыдащ.
Къалэ-курортым и хабзэхъумэхэм къызэратымкIэ, ар нэхъапэм суд зытращIыхьауэ щыта, КъШР-м и Малокарачаевск щIыналъэм щыщ цIыхухъурщ. Абы илэжьамкIэ зиумысыжащ. Ар зэраубыдам, и цIэ-унэцIэм теухуа хъыбарыр зэкIэ ягъэнаIуэкъым. Следствэм еубзыху а щIэпхъаджагъэм пыщIауэ щытынкIэ хъунухэр.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, КъШР-м и вице-премьер Тебуевым бзаджащIэхэр теуауэ щытащ 2004 гъэм жэпуэгъуэм и 18-м. Правительствэм и Iэтащхьэм и къуэдзэр зэрыс автомашинэм шэхэр трагъэлъалъэри, ар игъуэта уIэгъэхэм къелакъым. Тебуевым правительствэм и нэIэ щыщIэтт къарузехьэ IэнатIэхэм я лэжьыгъэр.
УЭРДОКЪУЭ Женя.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28345.txt"
} |
КIэрэф Хьэсэнбий и япэ щхьэдэхыпIэ
Къэбэрдей-Балъкъэрым и мызакъуэу, ди къуэш республикэхэми зи цIэр фIыкIэ щыIуа журналист КIэрэф Хьэсэнбий къызэралъхурэ нобэ илъэс 60 ирокъу.
КIэрэф Хьэсэнбий Зэманыр узыпэмылъэщщ. Сыт щыгъуи жы-джэру, «Адыгэ псалъэ» газетыр зыгъэбжьыфIэу, и лэжьэгъухэр игъэлъэпIэн фIэфIу, цIыху гумызагъэу къытхэта КIэрэф Хьэсэнбий псэужамэ, нобэ Iэтауэ ягъэлъэпIэнут. КъалэмкIэ уи лэжьэгъум блэкIа зэманым иту и гугъу пщIыныр тыншкъым. Апхуэдэу щытми, зэрыжаIэщи, цIыхур псэущ ящымыгъупщэу ягу илъыху.
Зэ мыхъуми КIэрэф Хьэсэнбий IущIам, абы дэлэжьахэм ар ящыгъупщэнукъым. Езым и жыIэгъуэхэм ящыщ зы къэдгъэсэбэпынщи, КIэрэфыр лIыгъэр цIыхугъэкIэ зезыхьэу къе-кIуэкIахэм ящыщщ. Хьэсэнбий нэхъыбэу тетхы-хьырт къуажэ гъащIэм, мэкъумэш щIэным, Iэщ гъэхъуным ехьэлIа Iуэхугъуэхэр гъэщIэгъуэну газетеджэхэм я пащхьэ ирилъхьэрт. Абыхэм ящыщ «Уней лъапсэ» напэкуэцIымкIэ чэнджэщэгъу хъарзынэ яхуэхъурт цыхухэм я уней хадэр тэмэму, щIэращIэу, фейдэ къыпахыу зэрахьэнымкIэ.
КIэрэф Хьэсэнбий дихьэхырт жыIэгъуэ кIэщIхэр тхыным. Къалэмыр и Iэпэгъуми, абы и гум сыт щыгъуи щыIурт макъамэр. Махуэшхуэ, къызэрыгуэкI зэIущIэ гуапэ ирехъуи, лэжьакIуэ гупыр дызэхуэсамэ, Хьэсэнбий и уэрэдхэмкIэ ар игъэбжьыфIэрт. ЗыпищI щымыIэу сыт щыгъуи игъэзащIэ уэрэдхэм я зы сатыр нэхъ мыхъуми, ноби ягу къагъэкIыж абы и ныбжьэгъухэм, къыдэлэжьахэм: «Адыгэш къабзэу сэ си шагъдий…», «Нэ фIыцIитI»…
Ар гукъыдэжыр къэзыIэт хъыбархэмкIэ къыбдэгуашэ, гушыIэ гъэщIэгъуэнхэм ущIэзыгъэдэIу цIыхут. И гур къабзэу, и псэр зэIухауэ, хьэлэлрэ гу щабэу къытхэта ди лэжьэгъур гъащIэ мащIэт. ЗэрыжиIэу щытащи, гугъэ нэпцIым лъапцIэу укърешэкI. ГъащIэм фIыкIэ щыгугъами, къыхуиухар арати, и къаруилъыгъуэу, гъащIэ гъуэгуанэм и япэ щхьэдэхыпIэ илъэс щэ ныкъуэм ебэкъуа иужькIэ куэд къимыгъащIэжу дунейм ехыжащ КIэрэф Хьэсэнбий.
ДЫГУЛЫБГЪУ Жантинэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28347.txt"
} |
УсакIуэ уахътыншэ
Урыс литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъахэм ящыщ, тхакIуэ, драматург, публицист, критик, лъэныкъуэ куэдкIэ зэфIэкI ин къэзыгъэлъэгъуа классик цIэрыIуэ, лIэщIыгъуитIым щIигъуауэ зи IэдакъэщIэкIхэр зэIэпахыу щIаджыкI усакIуэ гъуэзэджэ Пушкин Александр нобэ къыщалъхуа махуэщ.
Илъэс 214-рэ ипэкIэ Москва щыпсэу уэркъ унагъуэ хуэщIам къыщалъхуат Пушкин Александр. Франджы гувернерхэм ар зэрагъэсам и фIыгъэкIэ, франджыбзэр фIыуэ зригъэщIат щIалэ гурыхуэм, апхуэдэуи тхылъ еджэныр фIыуэ илъэгъуат. Къыхэгъэщыпхъэщ абы и япэ усэхэр а бзэмкIэ итхауэ зэрыщытар. Ломоносовым деж щыщIэдзауэ Жуковскэм нэс я усыгъэм, Мольеррэ Бомаршерэ я комедиехэм, Вольтер и тхыгъэхэм, XVIII лIэщIыгъуэм и адрей узэщIакIуэхэми я IэдакъэщIэкIхэм иджыри сабий щIыкIэ щыгъуазэ хуэхъуат Пушкиныр. Урысыбзэм гу зэрыхуищIар зи фIыгъэр и анэшхуэ Ганнибал Мариерэ къыкIэлъыплъа Аринэ Родионовнэрэщ.
Пушкин Александр къыщалъхуа махуэм ирихьэлIэу абы и усэхэм къыщеджэ пшыхьхэр, зэIущIэхэр зэхашэ, ахэр ди къэралым и щIыпIэ псоми щокIуэкI, хабзэ дахэ хъуауэ. Апхуэдэщ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэхэри.
Псалъэм папщIэ, Май районым иджы 44-нэу щекIуэкIынущ апхуэдэ зэхыхьэхэр. Куей администрацэм и пресс-IуэхущIапIэм хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, Пушкиным и тхыгъэхэм еджэныр къызэрагъэпэщ Библиотекэ нэхъыщхьэм, щэнхабзэмкIэ унэхэм, Сабий творчествэмкIэ унэм я лэжьакIуэхэм. ЗэIущIэм и курыхыр, «Пушкинский букет, или Мир глазами поэтов» зыфIащар, Май районым и жыгей цIэрыIуэм и лъабжьэм щекIуэкIынущ. Романс цIэрыIуэхэр жиIэнущ КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Логиновэ Наталье, литературэм дихьэххэм къызэрагъэпэща «Псынэ» зэгухьэныгъэм хэтхэр усэхэм къеджэнущ. Абыхэм хэтынущ Налшык икIа хьэщIэхэри: филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор ЩоджэнцIыкIу Нинэрэ Сорос Джордж и цIэр зезыхьэ саугъэтым и лауреат, тхылъ тедзапIэм и унафэщI Котляровэ Мариерэ.
ИСТЭПАН Залинэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28351.txt"
} |
Узыншагъэм нэхъапэ щыIэкъым
Иджыблагъэ КъБР-м и Парламентым и Унэм фIэкIыпIэншэ зимыIэ медицинэ страхованэмкIэ щIыналъэ фондым 2012 гъэм и бюджетыр гъэзэщIа зэрыхъуам теухуа зэIущIэ щекIуэкIащ.
Ар къызэIуихащ КъБР-м и Парламентым бюджетымкIэ, налогхэмрэ финансхэмкIэ и комитетым и унафэщI Ахъуэхъу Къанщобий.
ЗэIущIэм кърихьэлIат КъБР-м и Парламентым и Тхьэмадэм и япэ къуэдзэ Жаным Руслан, КъБР-м и Къэзыбж-къэзыхутэ палатэм и унафэщI Шондыр Олег, КъБР-м финансхэмкIэ и министр КIэрэф Мурат, нэгъуэщIхэри.
Псалъэ зрата Жаным Руслан жиIащ фIэкIыпIэншэ медицинэ страхованэм и щIыналъэ фондым 2012 гъэм и бюджетыр гъэзэщIа зэрыхъуам япэу зэIухауэ зэрыхэплъэр къэрал мылъкур зытрагъэкIуадэр нэрылъагъуу щытынымкIэ зэрысэбэпыр, яубла Iуэхур хабзэ яхуэхъуну зэрыщыгугъыр.
Жанымым и псалъэхэм къыхигъэщащ ди республикэм зи IэщIагъэм фIыуэ хэзыщIыкI дохутырхэр къызэремэщIэкIыр. Ауэ «къуажэ дохутыр» программэм и фIыгъэкIэ къуажэ пхыдзахэм дэсхэми Iуэхутхьэбзэ ялъэIэс хъуащ. Иужьрей зэманым дохутыр ныбжьыщIэу 136-рэ республикэм и къуажэхэм ягъэкIуащ.
— Узыншагъэм нэхъапэ щыIэкъым, дыщогугъ медицинэм ехьэлIауэ къаIэт Iуэхухэм фIы къытхудэкIуэну — жиIащ и псалъэхэм я кIэухыу Жанымым.
КъБР-м фIэкIыпIэншэ медицинэ страхованэмкIэ и щIыналъэ фондым и унафэщI Къанокъуэ Аслъэнбэч 2012 гъэм ОМС-м и бюджетыр гъэзэщIа зэрыхъуам теухуауэ къэпсэлъащ.
Гъэ кIуам фондым и мылъкур сом мин 3.955.282,2-рэ хъурт, абы щыщу ягъэзэщIа программэхэм, Iуэхухэм мин 3.948.324,6-рэ трагъэкIуэдащ. Я хэхъуэр къагъэсэбэпа ахъшэм елъытауэ сом мин 6977,6-кIэ нэхъыбэщ.
Медицинэм и лэжьакIуэ щхьэхуэхэм я улахуэм хущIагъун папщIэ республикэм и бюджетым къыхэкIыу фондым сом мин 119.828,6-рэ къратащ.
Федеральнэ мылъкум къыхэкIыу сом мин 3.795.906,8-рэ къахуэкIуати, фIэкIыпIэншэ медицинэ страхованэм и къудамэу щIыналъэхэм щыIэ фондхэм ОМС-м и программэр гъэзэщIа хъун папщIэ сом мини 2.667.863,2-рэ хухахащ. Адэ-анэм зыхуей хуамыгъэзэф сабийхэм, сабий зеиншэхэм я узынша-гъэр къапщытэн папщIэ ОМС-м и щIыналъэ фондхэм мелуанитхум нэблагъэ иратащ. Лэжьыгъэ IэнатIэ пэрыт цIыхухэм я узыншагъэр къапщытэным сом мини 8-м щIигъу трагъэкIуэдащ. ФIэкIыпIэншэ медицинэ страхованэм и щIыналъэ фондым къыхэкIыу узыншагъэр егъэфIэкIуэным хухаха Iуэхухэм блэкIа илъэсым сом мин 976.478-рэ трагъэкIуэдащ.
ЗэIущIэм къыщыпсэ-лъащ КъБР-м и Къэзыбж-къэзыхутэ пала- тэм и унафэщI Шондыр Олег, абы и ауди- тор Фироновэ Надеждэ, КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымрэ курортхэмкIэ и министр Шэт Ирмэ, сымэ нэгъуэщIхэ- ри.
Инэрокъуэ Данэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28355.txt"
} |
КъБР-м и ТВ-мрэ радиомрэ
1 КъБР
«Мир» канал
Блыщхьэ, мэкъуауэгъуэм и 10
7.00 Мультфильм (6+)
7.15 «ТекIуэныгъэм и фэеплъхэр». КъБР-м и лъэпкъ музейм и гъэтIылъыгъэхэр (адыгэбзэкIэ) (12+)
7.40 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр»
8.15 «Iущыгъэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (6+)
8.35 «Сурэтхэм къаIуатэ». Япэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
8.50 «Автограф». «ХХI лIэщIыгъуэм и цIыхубз пажэ» урысейпсо зэпеуэм щытекIуа Тхьэщыгугъ Эллэ (16+)
9.10 «49-нэ каналым и пощт» (12+)
18.00 Мультфильм
18.20 Кавказ зауэм хэкIуэда адыгэхэм я фэеплъ пшыхь (адыгэбзэкIэ) (12+)
19.30 Мультфильм
19.45 «ЩIэныгъэлI». Биологие щIэныгъэхэм я кандидат ХьэтIыхъу Iэубэчыр (адыгэбзэкIэ) (12+)
20.20 ГъукIэпщокъуэ Щауэмир и гъэлъэгъуэныгъэм къратыкI репортаж (адыгэбзэкIэ) (12+)
20.50 «IэпщIэлъапщIэ». Мывэм елэжь IэпщIэлъапщIэ Ногеров Байрумук (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
21.20 «Перспектива». РТПЦ КБР (12+)
21.40 ХъыбарыщIэхэр
Гъубж, мэкъуауэгъуэм и 11
7.00 Мультфильм (6+)
7.15 КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Хьэмыку Жаннэ и бенефис (адыгэбзэкIэ) (I2+)
7.40 ХъыбарыщIэхэр
8.00 «ФIым телэжьэн». Налшык къалэ дэт 14-нэ гимназием и унафэщI Жамборэ Риммэ (адыгэбзэкIэ) (12+)
8.25 «Сурэтхэм къаIуатэ». ЕтIуанэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
8.40 Спорт программэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
9.10 «Музейхэр» программэр (12+)
9.35 «Урысейм и макъ жьгъырухэр». УэрэджыIакIуэ ныбжьыщIэхэм я концерт (12+)
18.00 Мультфильм
18.05 «ФIыуэ щыIэр — сабийхэм». НыбжьыщIэхэм папщIэ театр (12+)
18.35 «Чемпионхэр». КъБР-м физкультурэмрэ спортымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Миновский Владимир (12+)
19.30 «ЛIэщIыгъуэхэм я сурэтыщI». ТхакIуэ Мэлбахъуэ Елбэрд. Япэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (12+)
20.05 УсакIуэ Гуртуев Сэлихь и ныбжьыр илъэс 75-рэ щрикъум ирихьэлIэу. «ЗэIущIэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
20.40 «Гъунапкъэхэр». Тележурнал (16+)
21.10 «ТекIуэныгъэм и махуэ». УФ-м щIыхь зиIэ и артист Царикати Феликс (12+)
21.25 «Тайм-аут». Спорт тележурнал (12+)
21.40 ХъыбарыщIэхэр
Бэрэжьей, мэкъуауэгъуэм и 12
7.00 Мультфильм
7.10 Адыгэ макъамэ Iэмэпсымэхэр. «ШыкIэпшынэ» (адыгэбзэкIэ) (12+)
7.40 ХъыбарыщIэхэр
8.00 «ЩIыуэпс» (12+)
8.35 «Унагъуэ». Налшык къалэм щыпсэу Баллиевхэ я унагъуэр (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
9.10 «Зэманымрэ цIыхумрэ». Нэхущ Заурбий
9.40 «Тайм-аут». Спорт тележурнал (12+)
19.30 «ЛIэщIыгъуэхэм я сурэтыщI». ТхакIуэ Мэлбахъуэ Елбэрд. ЕтIуанэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (12+)
20.00 «Зи IэщIагъэм хуэпэж». Республикэ клиникэ сымаджэщым и лэжьакIуэ Къанло Феня (12+)
20.25 «Нобэ, пщэдей…». Ищхъэрэ-КъуэкIыпIэ техникэ университетым и профессорхэу ШкIахъуэ Мухьэмэдрэ Таймаз Эролрэ. Тырку. Анкара къалэ (16+)
21.00 «Бэрэжьей пщыхьэщхьэм Баразбиев Исмэ-хьил дригъусэу» (балъкъэрыбзэкIэ) (16+)
21.30 «Чемпионхэр». КъБР-м физкультурэмрэ спортымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къуныжь Хьэчим (12+)
21.55 УФ-м и конституцэр илъэс 20 щрикъум ирихьэлIэу. «Закон нэхъыщхьэ»
22.25 «Зи чэзу псалъэмакъ» (16+)
22.35 ХъыбарыщIэхэр
Махуэку, мэкъуауэгъуэм и 13
7.00 Мультфильм (6+)
7.10 Лирикэ концерт (16+)
7.40 ХъыбарыщIэхэр
8.00 «Музыкант». Къашыргъэ КIурацэ (16+)
8.45 «Бэрэжьей пщыхьэщхьэм Баразбиев Исмэхьил дригъусэу» (балъкъэрыбзэкIэ) (16+)
9.15 «ГъащIэр зыщ». УФ-м и цIыхубэ артист Кучуков Магомед теухуа документальнэ фильм (12+)
9.35 «Псори цIыхухэм къахуонэ». Къумахуэ Башир и фэеплъу (16+)
18.00 «Ди хьэщIэхэр». КъШР-м и цIыхубэ усакIуэ Узденов Альберт (16+)
19.30 «Узэгугъур къогугъуж». «Дыщэ щхьэмыж» агроконцерныр (адыгэбзэкIэ) (12+)
19.55 «Гупсысэхэр». ЩIалэгъуалэм папщIэ нэтын (12+)
20.15 Осипов Николай и цIэр зезыхьэ, цIыхубэ макъамэ IэмэпсымэхэмкIэ Урысейм и лъэпкъ академическэ оркестрым и концерт (12+)
21.40 ХъыбарыщIэхэр
Мэрем, мэкъуауэгъуэм и 14
7.00 Мультфильм (6+)
7.10 «Узыншэу фыщыт» (16+)
7.40 ХъыбарыщIэхэр
7.55 «Псыпэхэш». Адыгэ джэгуакIуэ Сыжажэ Къылъшыкъуэ къызэралъхурэ илъэси 150-рэ ирокъу (адыгэбзэкIэ) (16+)
8.30 «Жьэгу». КъБР-м щIыхь зиIэ и сурэтыщI Баккуев Владимир (16+)
9.05 «Гъуэплъыфэ уафэ». Сабийхэм папщIэ спорт тележурнал (12+)
9.30 «Ар фщIэн хуейщ». Медицинэ хъыбарыщIэхэр (16+)
18.00 Мультфильм
18.10 «Тхьэм и унэм ухуэзышэ гъуэгу»
18.40 «Седьмая скорость». КъБР-м и мотолъэхъэнэр къыщызэIуахым къратыкI репортаж (12+)
19.30 «Динымрэ гъащIэмрэ». (12+)
20.00 «Хьэлэл фхухъу!..» (12+)
20.25 «Парламент сыхьэт» (16+)
20.50 «49-нэ каналым и пощт» (12+)
21.40 ХъыбарыщIэхэр
Щэбэт, мэкъуауэгъуэм и 15
7.00 Мультфильм (6+)
7.10 «КъэкIуэнур зейхэр». Химие щIэныгъэхэм я доктор Хьэшыр Светланэ (16+)
7.40 ХъыбарыщIэхэр
8.00 «Си гъащIэ, си уэрэд». Башиевэ ФатIимэ (16+)
8.40 «Бгым дэкIхэр» (16+)
9.10 «49-нэ каналым и пощт» (12+)
18.00 Мультфильм
18.25 «ФIым телэжьэн»». КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Даур Иринэ
18.55 «Республикэм щыхъыбархэр». ХъыбарыщIэхэр (адыгэбзэкIэ)
19.10 «Iущыгъэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (6+)
19.30 «Ыйыкъ». ХъыбарыщIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ)
19.45 «ЦIыхубэ IэпщIэлъапщIэхэр». Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу гъукIэхэм я зэхуэс (16+)
20.20 «49-нэ каналым и пощт» (12+)
Тхьэмахуэ, мэкъуауэгъуэм и 16
7.00 Мультфильм (6+)
7.15 «ГъащIэм узэреплъщ» (16+)
7.45 «Республикэм щыхъыбархэр». ХъыбарыщIэхэр (адыгэбзэкIэ)
8.00 «ЩIэныгъэм ухуэзышэ гъуэгу». Физико-математикэ щIэныгъэхэм я кандидат Абшаев Алий
8.30 «Ыйыкъ». ХъыбарыщIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ)
8.45 «Усэхэр зэрыт тетрадь». Ахматовэ Аннэ (16+)
9.10 «49-нэ каналым и пощт» (12+)
18.00 IутIыж Борис. «Кхъужьеибэ». ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и спектакль (16+)
19.15 «Дыщэ пхъуантэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (6+)
19.40 «БлэкIар тщымыгъупщэу». Жэмтхьэлэ Ипщэ къуажэ курыт школым и еджакIуэхэм Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм теухуа я къэлъыхъуэныгъэ лэжьыгъэхэр (12+)
20.10 «Кавказым хуэусахэр». Пушкин Александр (12+)
20.40 «49-нэ каналым и пощт» (12+)
21.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбар- хэр»
КъБР-м и ТВ
Блыщхьэ, мэкъуауэгъуэм и 10
7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр
11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ)
14.30, 17.10, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр
18.30 «Адыгэ узэщIакIуэхэр». Нэгумэ Шорэ
19.00 «Хамэ сабий щыIэкъым» программэр
19.15 «ХамэщIри хэкум хуэдэу фIыуэ елъагъу»
Гъубж, мэкъуауэгъуэм и 11
7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр
9.00 «Адыгэ узэщIакIуэхэр». Нэгумэ Шорэ
9.30 «Хамэ сабий щыIэкъым» программэр
11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ)
11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ)
14.30, 17.10, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр
18.30 «Зэманым и лъэужь» программэр
Бэрэжьей, мэкъуауэгъуэм и 12
Лажьэркъым
Махуэку, мэкъуауэгъуэм и 13
7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр
9.00 «Нобэ япщэфIхэр»
9.30 «Дыгъуасэ, нобэ, пщэдей» (адыгэбзэкIэ)
11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ)
11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ)
14.30, 17.10, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр
18.30 «Вояж» программэр
Мэрем, мэкъуауэгъуэм и 14
7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр.
11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ)
11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ)
14.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр
17.10 ЩIыпIэ зэман. Кавказ Ищхъэрэм щыхъыбархэр
18.30 «Нэрымылъагъу лIыхъужьыгъэ». Хьэшыр Аслъэн
Щэбэт, мэкъуауэгъуэм и 15
8.10, 11.10, 14.20 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр
10.05 «Нобэ япщэфIхэр»
10.40 «Абы ищIэрт гъащIэр зэрыщIэщыгъуэр». Журналист Жабоев Асхъат и фэеплъу
Тхьэмахуэ, мэкъуауэгъуэм и 16
10.20 ЩIыпIэ зэман. «Тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр»
14.20 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр
ВГТРК-м и ТВ
Блыщхьэ, мэкъуауэгъуэм и 10
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ):
7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10
7.25 — 7.45 Концерт (адыгэбзэкIэ).
7.45 — 8.00 Хъуэжэ и гушыIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ).
10.15 — 10.30 «Iуэху нэхъыщхьэм теухуауэ».
13.25 — 13.45 «Iуэху куэд щызэфIагъэкI блыщхьэ».
13.45 — 14.00 «Усэхэр». Хьэтыхъу В. (адыгэбзэкIэ).
Гъубж, мэкъуауэгъуэм и 11
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ):
7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10
7.25 — 7.45 Нартхэм ятеухуа хъыбархэр (адыгэбзэкIэ).
7.45 — 8.00 «Вагъуэхэм ялъэIэсу». Мамаевэ Ф. уэрэд жеIэ (балъкъэрыбзэкIэ).
10.15 — 10.30 КIыщокъуэ Алим и «Къуршхэр жейркъым» романым щыщ пычыгъуэ.
13.25 — 13.40 Урысейм и махуэм ирихьэлIэу. «Лъабжьэ зиIэ упщIэ».
13.40 — 14.00 Абдокъуэ Iэуес и «ХэкIыпIэ» рассказыр (адыгэбзэкIэ).
Бэрэжьей, мэкъуауэгъуэм и 12
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ):
7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10
7.25 — 7.45 «Сыщалъхуа си лъахэр». Концерт (адыгэбзэкIэ).
7.45 — 8.00 Теппеев Алим и «Адэ» рассказыр (балъкъэрыбзэкIэ).
10.15 — 10.30 Кавказ Ищхъэрэм и поэзие.
13.25 — 13.45 «И чэзу дыдэщ».
13.45 — 14.00 «Хэкум теухуа уэрэдхэр». Сабийхэм уэрэд жаIэ (адыгэбзэкIэ).
Махуэку, мэкъуауэгъуэм и 13
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ):
7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10
7.10 — 8.00 «Жьырытэдж». Нэгузыужь нэтын.
10.15 — 10.30 «Таурыхъыр таурыхъым кIэлъыкIуэу».
13.25 — 14.00 «Ди лъахэр». Былым къуажэ (балъкъэрыбзэкIэ).
Мэрем, мэкъуауэгъуэм и 14
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ):
7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10
7.25 — 8.00 «Жьырытэдж» (адыгэбзэкIэ).
10.15 — 10.30 «Хабзэмрэ хуитыныгъэхэмрэ» (балъкъэрыбзэкIэ).
13.25 — 13.45 «Я гулъытэ нэхъыщхьэр узыншагъэр хъумэным хуэгъэзащ».
13.45 — 14.00 «Инджылызыбзэр Джэдгъэф Маринэ и гъусэу зыдогъащIэ».
Щэбэт, мэкъуауэгъуэм и 15
10.10 — 11.00 «Кавказ пшэплъхэр».
12.10 — 12.25 «КъБР: махуэр махуэм кIэлъыкIуэу». ХъыбарыщIэхэр (адыгэбзэкIэ).
12.25 — 12.40 «КъБР: махуэр махуэм кIэлъыкIуэу» ХъыбарыщIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ).
12.40 — 13.00 ПщыхьэщIэ Мухьэжыр. «Адыгэ макъамэм и пащтыхь» (адыгэбзэкIэ).
Тхьэмахуэ, мэкъуауэгъуэм и 16
10.10 — 10.25 «КъБР: махуэр махуэм кIэлъыкIуэу» ХъыбарыщIэхэр.
10.25 — 11.00 «Зи акъылыр жан ныбжьыщIэхэр».
12.10 — 13.00 Театрыр микрофоным Iутщ. Аппаев Х. и «Пхъуантэ фIыцIэ» тхыгъэм къытращIыкIа радиоспектаклыр (балъкъэрыбзэкIэ).
КъБР-м и Радио
Блыщхьэ, мэкъуауэгъуэм и 10
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ):
7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 13.00, 14.00, 15.00, 16.00, 17.00, 18.00
7.15/13.05 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ).
7.45/14.50 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ).
8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ).
8.20/16.32 «ЩIэныгъэм и дунейм — зыплъыхьакIуэ» (балъкъэрыбзэ- кIэ).
8.40/14.35 «Лэгъупыкъу». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ).
9.00/18.05 «Зэпсэлъэгъухэр» (урысыбзэкIэ).
9.25/18.30 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ).
10.05 «Утыку» (адыгэбзэкIэ).
10.25/16.05 «Яхъума макъамэхэр» (адыгэбзэкIэ).
11.05/17.05 «Зэныбжьэгъухэм я гушыIэкIэр» (балъкъэрыбзэкIэ).
11.25/17.25 «Уэрэдыр тыгъэ фхузощI» (балъкъэрыбзэкIэ).
11.48/17.48 Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ).
12.05/15.35 «Дуней тетыкIэ» (урысыбзэкIэ).
12.25/15.05 «КъехьэкI-нехьэкI зыхэмылъ псалъэмакъ» (урысыбзэкIэ).
14.05-14.35 «Дыхьэшхэным и хъуреягъкIэ» (адыгэбзэкIэ).
Гъубж, мэкъуауэгъуэм и 11
7.45/14.45 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ).
8.20/16.30 «Ди хъугъуэфIыгъуэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ).
9.00/18.05 «Зэманыр, къэхъукъащIэхэр, Iуэху еплъыкIэхэр» (урысыбзэкIэ).
9.20/18.25 «Гукъыдэж» (урысыбзэкIэ).
10.05 «Адыгэхэр: тхыдэр, хабзэр» (адыгэбзэкIэ).
10.50/15.50 «Зэхэфха? Флъэгъуа?» (адыгэбзэкIэ).
11.05/17.30 «Балъкъэр цIыхубэ уэрэдхэр» (балъкъэрыбзэкIэ).
11.30/17.05 «Ди гъэмахуэ лагерыр» (балъкъэрыбзэкIэ).
12.05/15.30 «Классикэ макъамэм и концерт» (урысыбзэкIэ).
12.25/15.05 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ).
12.45/14.30 «Зи чэзу Iуэхум теухуауэ» (адыгэбзэкIэ).
14.05/16.05 «Макъамэ калейдоскоп» (адыгэбзэкIэ).
Бэрэжьей, мэкъуауэгъуэм и 12
7.45/14.50 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ).
8.20/17.05 «Къонгуроучукъ». Сабийхэм папщIэ (балъкъэрыбзэкIэ).
8.45/16.50 Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ).
9.00/18.05 «Зи чэзу Iуэхум теухуауэ» (урысыбзэкIэ).
9.25/18.25 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ).
10.05/16.05 «Адэжь щIыналъэ» (адыгэбзэкIэ).
10.25/16.20 «Си лъахэ — си уэрэд» (адыгэбзэкIэ).
11.05-11.22 «Си хэкум сыхуоусэ» (балъкъэрыбзэкIэ).
11.30/17.30 «Салам алейкум» (балъкъэрыбзэкIэ).
12.05/15.05 «Гъуазджэм и щIыналъэ» (урысыбзэкIэ).
12.40/15.40 «Уи унэр мамыру щрет» (урысыбзэкIэ).
14.05-14.50 «Уэрэдыр и Iэпэгъуу» (адыгэбзэкIэ).
Махуэку, мэкъуауэгъуэм и 13
7.45/18.43 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ).
8.20/17.05 «Дэ къытхуэнар» (балъкъэрыбзэкIэ).
9.00/18.05 «Нэхъыщхьэм теухуауэ — кIэщIу» (урысыбзэкIэ).
9.20/15.25 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ).
9.30/15.45 «Псэм и макъамэ» (урысыбзэкIэ).
9.42/15.35 Спорт хъыбархэр (урысыбзэкIэ).
10.05/16.05 «Динымрэ гъащIэмрэ» (адыгэбзэкIэ).
10.20/16.20 «Гухэлъ уэрэдхэр» (адыгэбзэкIэ).
10.45-16.45 «ДунейгъафIэ». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ).
11.05/14.05 «Лэгъупыкъу» (балъкъэрыбзэкIэ).
11.30/17.35 «Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ).
12.05/15.05 «Макъамэхэр» (урысыбзэкIэ).
12.30/18.20 «Дуней тетыкIэ» (урысыбзэкIэ).
14.05-15.00 «Пшыналъэ». Нэгузыужь нэтын (адыгэбзэкIэ).
Мэрем, мэкъуауэгъуэм и 14
7.45/18.39 «Щэнхабзэм теухуауэ» (адыгэбзэкIэ).
8.20/17.30 «Дыщэ пхъуантэ цIыкIу» (балъкъэрыбзэкIэ).
8.35/14.05 «Уэсылъэ къуршхэм я макъамэ» (балъкъэрыбзэкIэ).
9.00/18.05 «Дыщыпсэу дунейм» (урысыбзэкIэ).
9.25/15.35 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ).
10.05 «Эфирыр псоми папщIэ» (адыгэбзэкIэ).
10.25 «ФIыуэ тлъагъу макъамэхэр» (адыгэбзэкIэ).
10.45/16.05 «Таурхъан». Сабийхэм папщIэ таурыхъхэр (адыгэбзэкIэ).
11.05/13.50 «Гуапагъэмрэ уахътыншагъэмрэ ятеухуауэ» (балъкъэрыбзэкIэ).
11.20/17.05 «Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ).
11.45/17.45 Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ).
12.05/15.05 «Гъуазджэм и щIыналъэ» (урысыбзэкIэ).
12.35/18.20 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ).
12.44/18.29 Спорт хъыбархэр (урысыбзэкIэ).
14.30/16.25 «Ди гъусэу зывгъэпсэху» (адыгэбзэкIэ).
Щэбэт, мэкъуауэгъуэм и 15
7.00/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ).
7.38/13.38 «Вагъуэбэ» (адыгэбзэкIэ).
8.00/15.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ).
8.25/15.25 «Айсурат» (балъкъэрыбзэкIэ).
9.00/18.00 «Я гулъытэ нэхъыщхьэр зыхуэгъэзар» (урысыбзэкIэ).
9.25/18.25 «Концерт» (урысыбзэкIэ).
9.45/18.45 «Усыгъэм и сатыр мыкIуэдыжынухэр…» (урысыбзэкIэ).
10.00-10.30 «Дэрэжэгъуэ». Нэгузыужь нэтын (адыгэбзэкIэ).
10.50/14.30 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ).
11.00/16.00 «Зэныбжьэгъухэм я гушыIэкIэр» (балъкъэрыбзэкIэ).
11.21/16.21 Сабийхэм папщIэ (балъкъэрыбзэкIэ).
11.30/16.30 «Iуащхьэмахуэ и щыгум щыIу уэрэдхэр» (балъкъэрыбзэкIэ).
12.00/17.00 «Гукъыдэж» (урысыбзэкIэ).
12.44/17.44 Спорт хъыбархэр (урысыбзэкIэ).
14.00-14.50 «Радиотеатр» (адыгэбзэкIэ).
Тхьэмахуэ, мэкъуауэгъуэм и 16
«ХъыбарыщIэхэр». Тхьэмахуэм къэхъуахэр (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ):
8.00, 10.00, 12.00, 14.00, 15.00, 17.00
7.00/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ).
7.40/14.40 «Лъэпкъ прозэм и напэкIуэцIхэр» (адыгэбзэкIэ).
8.10/15.10 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ).
8.40/15.40 Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ).
9.00/18.00 «Iуэху нэхъыщхьэм теухуауэ» (урысыбзэкIэ).
9.30/18.30 «Дыщыпсэу дунейм» (урысыбзэкIэ).
9.40/18.40 Спорт хъыбархэр (урысыбзэкIэ).
10.10/14.10 «Макъамэ» (адыгэбзэкIэ).
10.40-10.58 «ЦIыхумрэ гъащIэмрэ» (адыгэбзэкIэ).
11.00/16.00 «Ди хъугъуэфIыгъуэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ).
12.10/17.10 «Театрыр микрофоным Iутщ» (урысыбзэкIэ).
13.35-14.00 «Сыт хуэдэ зэманми и уэрэд» (адыгэбзэкIэ).
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28362.txt"
} |
Дахагъэм и гъуджэ
«Кабардинка» къэфакIуэ гупыр къызэрызэрагъэпэщам теухуа дэфтэр пыухыкIахэр щIэлъкъым КъБР-м и архив IуэхущIапIэм. Зэрыхабзэщи, сыт хуэдэ художественнэ гупми гъащIэм лъэбакъуэ щичауэ къыщалъытэр ар цIыхухэм япэу щаIущIарщ. Абы тепщIыхьми, «Кабардинка»-р апхуэдэу хэхауэ утыку къихьауэ щытакъым.
ТегъэщIапIэ пщIы хъуну дэфтэрхэм яхыболъагъуэ Налшык къалэ дэт Ленинскэ еджапIэ къалэ цIыкIум (ЛУГ-м) епхауэ 1933 гъэм жэпуэгъуэм и 1-м Лъэпкъ художественнэ студие къызэIуахауэ зэрыщытар, драмэ, къэфакIуэ, лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэм зыщыхуагъасэ, театр-декоративнэ къудамэхэр хэту. Аращ «Кабардинка» ансамблым щIэдзапIэ хуэхъуар. Абы и щыхьэту къэпхь хъунущ нэгъуэщI зы дэфтэри — уэрэдымрэ къафэмкIэ Къэбэрдей къэрал ансамблым и илъэс 20-р гъэлъэпIэным теухуауэ КПСС-м и обкомым 1954 гъэм мэлыжьыхьым и 26-м къыдигъэкIа унафэр.
Дызэрыщыгъуазэщи, Къэбэрдей-Балъкъэрым и щэнхабзэм мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхухэр щекIуэкIащ 1930 гъэхэм. Адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ зэи ямыIауэ къызэрагъэпэщат лъэпкъхэм я щэнхабзэ къулеигъэхэм зезыгъэужьыну къэфакIуэ ансамбль лъэщ, макъамэ Iэмэпсымэхэр щIыгъуу.
Нэхъ иужьыIуэкIэ абы Уэрэдымрэ къафэмкIэ ансамбль фIэщIыгъэр иратауэ щытащ. Гупым хэтт къэфакIуэхэр, хор, лъэпкъ макъамэ IэмэпсымэхэмкIэ квартет мыин. Япэ махуэхэм щегъэжьауэ мы ансамблыр я лъэпкъ макъамэхэмрэ къэфэкIэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэм щапхъэ щыхъуат. «Къафэ», «Ислъэмей», «Абдзэх», «Тёгерек-тепсеу», «Удж», нэгъуэщI къафэ куэди абы игъэзащIэрт. Ансамблым хэт артистхэр хущIэкъурт лъэпкъым и къафэжьхэр зэрахъумэным.
Зэман кIэщIым къриубыдэу къэфакIуэ гупыр республикэм и лэжьакIуэбэм фIыуэ ялъэгъуащ. Артистхэм, гугъуехьым щымышынэу, ерыщу лъэпкъ къэфэкIэ зэмылIэужьыгъуэхэм зыхуагъасэрт, жылагъуэ нэхъ пхыдзахэм щагъэлъагъуэ я пшыхьхэр нэхъ щIэщыгъуэ, гукъинэж зэращIыным иужь итхэт.
Ансамблым и зэфIэкI игъэлъэгъуэну хамэ къэрал япэу щыкIуар 1934 гъэрщ. Украинэм и КП(б)-м и ЦК-м и япэ секретарь Постышев Павел Киев къалэ ар иригъэблэгъат Октябрь социалистическэ революцэр илъэс 17 зэрыхъур щагъэлъапIэ зэхыхьэм хэтыну.
КъыкIэлъыкIуэ илъэсым, щIышылэм и кIэхэм, СССР-м и Советхэм я VII союзпсо съездым и лIыкIуэхэм я пащхьэ «Кабардинка»-р къыщыфащ. А лъэхъэнэм къэфакIуэхэм Iэмал яIащ тхакIуэшхуэ Горький Максим IущIэну. 1939 гъэм Москва щекIуэкIырт ВКП(б)-м и XVIII съездыр. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал ансамблым аргуэру пщIэшхуэ къыхуащIащ съездым и лIыкIуэхэр зыхэтыну пшыхьым щыIэну. Абы щыгъуэм пэшым щIэсат Правительствэмрэ партымрэ я унафэщIхэр, Ворошилов Климентрэ Буденный Семенрэ яхэту.
Ди артистхэр яIущIауэ щытащ советскэ макъамэ гъуазджэм и цIыху цIэрыIуэхэм. Апхуэдэхэт: СССР-м и Театр Иным и уэрэджыIакIуэ пажэ, цIыхубэ артисткэ Неждановэ Антонинэ, композитор Мурадели Вано, нэгъуэщIхэри. Абыхэм ягъэщIэгъуат къэфакIуэхэм я IэкIуэлъакIуагъэр, щытхъушхуи ансамблым къыхужаIат.
1939 гъэм щэкIуэгъуэм и 20-м КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и унафэкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым Къафэмрэ макъамэмкIэ и къэрал ансамблым ЩIыхь тхылъ къыхуагъэфэщащ КъуэкIыпIэ Жыжьэм лэжьыгъэ купщIафIэ зэрыщригъэкIуэкIам папщIэ.
АдэкIэ ансамблыр гъуэгуанэ кIыхь теуващ. Москва, Ленинград, Киев, Мурманск, Иркутск, Томск, Пермь, Свердловск, Омск, Новосибирск, Красноярск, Киров, Улан-Удэ, нэгъуэщI къалэхэми концертхэр щатащ. КъэфакIуэ гупым и япэ артистхэр яхуэзауэ щытащ къэралымрэ партымрэ я лэжьакIуэ нэхъыщхьэхэу: Калинин Михаил, Жданов Андрей, уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Утесов Леонид, нэгъуэщIхэми.
Концерт къэсыху гупым и зэфIэкIым хэхъуэ зэпыту екIуэкIащ. Ар я фIыгъэщ актер гъуэзэджэхэу Атэлыкъ Аслъэнджэрий, Болэ Мурат, Дыкъуэ Заудин, Исаковэ Галинэ, Къэбэрдокъуэ Тамарэ, Къэнэмэт Марие, Къумыкъу Зухра, Кумыщ Нану, Лэкъун Жанусэ, Рахаев Екъуб, Ульбашев Мутай, Хъан (Гегиевэ) Женя, Шаваев Берман, Этезовэ Сакинат, Къашыргъэ КIурацэ (пшынэ), Ашуров Танахум (накъырэ), Исаков Арон (бубен), нэгъуэщIхэми.
Хэку зауэшхуэм и зэманым ансамблым и артист куэд Iэщэ къащтэри бийм ерыщу пэщIэтащ, апхуэдэуи зауэлIхэм я гукъыдэжыр къаIэту концертхэр губгъуэхэм, уIэгъэ хъуахэр зыщIэлъ сымаджэщхэм, заводхэм, фабрикэхэм щатащ. Республикэм и къалащхьэр нэмыцэ фашистхэм яубыдыху, къэфакIуэ гупым еш ямыщIэу я къалэныр ягъэзэщIащ. 1942 гъэм жэпуэгъуэм и 25-м къыщыщIэдзауэ абы и лэжьыгъэр пIалъэкIэ къызэтеувыIащ.
ЩIэрыщIэу ансамблыр гъуэгу щытехьэжар 1943 гъэм и щIышылэрщ. А гъэ дыдэм и накъыгъэ, мэкъуауэгъуэ мазэхэм партым и щIыналъэ комитетым ВКП (б)-м и район комитетхэм тхыгъэ яхуегъэхь ансамблым дэIэпыкъуну къыхуриджэу. Абыхэм я пщэрылът концертхэр щекIуэкIыну пэшхэр гъэхьэзырыныр, шхынкIэ, нэгъуэщI-къинэмыщIхэмкIэ ахэр къызэгъэпэщыныр, пшыхь нэхъыбэ цIыхубэм папщIэ егъэкIуэкIынымкIэ зыщIагъэкъуэныр.
Партым и щIыналъэ комитетым зэпымыууэ и нэIэ тригъэтт къэфакIуэ гупым я Iуэху зэрекIуэкIым. Апхуэдэу 1955 гъэм бадзэуэгъуэм и 25-м КПСС-м и обкомым и бюром иригъэкIуэкIат «Къэбэрдейм Къафэмрэ уэрэдымкIэ и къэрал ансамблым и IуэхукIэ» зэIущIэр. Абы ипкъ иткIэ ящIа унафэм итт: «Ансамблым и лэжьыгъэр зэфIихын, и репертуарыр нэхъ къулей хъун папщIэ, актер пажэхэр, уэрэдыжьхэр екIуу зыгъэзащIэхэр, къэфакIуэ лъэщхэр къыхэшын;
адыгэбзэр щадж, макъамэмрэ сольфеджиомрэ щыхуагъасэ дерсхэр гупым хэтхэм папщIэ къызэгъэпэщын;
КПСС-м и къалэ комитетым иIыгъ парт библиотекэм и пэшыр ансамблым хуит хуэщIын;
гъуазджэм и лэжьакIуэхэр фэтэркIэ къызэгъэпэщыныр къалэм и гъэзэщIакIуэ комитетым и пщэ дэлъхьэн;
Къэбэрдей АССР-м гъуазджэмкIэ и лэжьакIуэхэм папщIэ фэтэр 32-рэ хъу унэ ухуэнымкIэ хуитыныгъэ къыдэхын.
Зи гугъу ящIа Iуэхугъуэхэр зэрекIуэкIым теухуа тхыгъэр (1956 гъэм накъыгъэм и 10) хъума хъуащ. Абы зэритымкIэ, ансамблыр ирагъэфIэкIуэн мурадкIэ, лэжьыгъэшхуэ а зэманым ирагъэкIуэкIат, гупым къыхашат хорым хэт артистхэр, къэфакIуэ ныбжьыщIэ нэхъыфIхэр, апхуэдэуи зэхагъэуват Къэбэрдейр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 400 щрикъум ягъэлъэгъуэну концертыр.
1957 гъэм ансамблыр Совет щIалэгъуалэм я союзпсо фестивалым, ЩIалэгъуалэмрэ студентхэмрэ я VI дунейпсо фестивалым, Театрхэм, ансамблхэмрэ хорхэмрэ я союзпсо фестивалым лауреат щыхъуащ. Совет лъэхъэнэм и балеринэ цIэрыIуэ Улановэ Галинэ ЩIалэгъуалэмрэ студентхэмрэ я VI дунейпсо фестивалым (Москва) и къэпщытакIуэ гупым хэту «Къафэр» Къэбэрдей-Балъкъэр къэфакIуэ гупым игъэзащIэу щилъэгъуам, «Лъэпкъ гъуазджэм «Къафэм» нэхъ дахэ иIэу сщIэркъым» — жиIауэ щытащ.
КъыкIэлъыкIуэ илъэсым ансамблыр щыIащ Монгол Республикэм. 1958 гъэм бадзэуэгъуэм и 9-м ТАСС-м къызэритамкIэ: «Бадзэуэгъуэм и 7-м Улан-Батор къыхуеблэгъащ КъБАССР-м уэрэдымрэ къафэмкIэ и ансамблыр. Артистхэм я пашэщ КъБАССР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къардэн Башир… Дыгъуасэ Монгол Республикэм и къэрал музыкэ-драмэ театрым абыхэм я пшыхьыр щызэхэтащ. Ар цIыхухэм ягу дыхьащ».
1965 гъэм и гъэмахуэрщ мы ансамблыр къэфакIуэ гуп щащIар, «Кабардинка» къыщыфIащар. Гупым и хорыр республикэ радиом иратыжат.
1967 гъэм, Октябрь Социалистическэ революцэр илъэс 50 щрикъум, Москва зыкъыщагъэлъагъуэрт къэралым и художественнэ гуп нэхъыфI дыдэхэм. Абыхэм яхэтт «Кабардинка»-ри. Кремль театрымрэ Чайковский Петр и цIэр зезыхьэ концерт пэшымрэ щагъэзэщIа лъэпкъ къафэхэм псори итхьэкъуат. ФIыщIэ, щытхъу псалъэ куэд къэфакIуэ гупым къыщыхужаIат Спортым и унэм щызэхэта «Урысейм и вагъуэхэр» зэхыхьэми.
1967 гъэм фокIадэм и 30-м «Советская культура» газетым итхащ: «Гум хыхьэу макъамэ дахащэ къэIуащ, цIыхухэм зы телъыджэ зэралъагъуным зыхуагъэхьэзыращ. Уардэрэ зэпIэзэрыту утыку къихьащ «Кабардин-ка»-м и къэфакIуэхэр. Пщащэ зэкIужхэмрэ щIалэ къуданхэмрэ еплъхэм тэлайкIэ ящыгъупщам хуэдэт я гукъеуи я лэжьыгъи. УщыгуфIыкI хъунущ апхуэдэ ехъулIэныгъэрэ зэфIэкIрэ зыбгъэдэлъ ансамблым».
1968 гъэм, жэпуэгъуэ — дыгъэгъазэ мазэхэм хуэзэу, «Кабардинка»-р Марокко, Алжир, Тунис, Ливие къэралхэм щыIащ. Махуэ 55-кIэ гупым къызэпича гъуэгуанэр купщIафIэт: къалэ 29-м я гулъытэ къихьэхуат, пшыхьу 52-рэ игъэлъэгъуат, цIыху мин бжыгъэхэм закъригъэцIыхуат.
1972 гъэм «Кабардинка»-м зыкъыщигъэлъэгъуащ Австралием, Сингапурым, Филиппинхэм.
1974 гъэм мазиплIым щIигъукIэ къэфакIуэ гупыр щыIащ Латин Америкэм и къэрал 11-м. Абыхэм радиокIэ, телевиденэкIэ ятепсэлъыхьырт, газет цIэрыIуэхэр ятетхыхьырт, икIи къыхгъэщырт гупым игъэзащIэ лъэпкъ къафэхэр зэрыгъэщIэгъуэныщэр, езы щIалэхэмрэ пщащэхэмрэ зэрызэпIэзэрытыр. Куэдым къалъытат «Кабардинка»-р гъуазджэм и фIыпIэу.
«Ла капиталь» аргентинэ газетым (Росарио къалэ) къытридза тхыгъэм, «Кабардин-ка»-м и дахагъэр гъунапкъэншэщ» зыфIащам, хэтщ: «Ансамблым дигъэлъагъу къафэ телъыджэхэм журналистхэр дыкъегъэуIэбжь, абы и теплъэ гъуэзэджэр къызэрытIуэтэну псалъэхэр тхуримыкъу мэхъу».
Колумбием и «Эль тьемно» газетым етх: «Критикхэмрэ гъуазджэм и цIыху пэрытхэмрэ мы къэфакIуэ гупыр адрейхэм къазэрыщхьэщыкI и ехъулIэныгъэр зыхуахьыр абы IуэрыIуатэр къызэригъэсэбэпырщ, и лъэпкъ къэфэкIэжьхэр зэрихъумэрщ».
«Ла пренса» мексикэ газетым и зы къыдэкIыгъуэм щитхат: «Кабардинка»-р — дахагъэм и дамыгъэщ, абы и артистхэм я теплъэм лъагъуныгъи, хахуагъи, щыпкъагъи хыболъагъуэ».
1977 гъэм Чехословакием, Польшэм, ФРГ-м, Сирием, иужькIэ ГДР-м (1978), Иорданием (1981), Бразилиемрэ ЧССР-мрэ (1983), 1987 гъэм — аргуэру Польшэм, 1988 гъэм — ещанэу Чехословакием концерт щитащ «Кабардинка»-м.
Илъэс куэдкIэ республикэм щэнхабзэмкIэ и министру щыта ди нэхъыжьыфI Ефэнды Джылахъстэн итхат (КъБР-м и иджырей тхыдэмкIэ дэфтэрхэр зыщIэлъ центрым щыхъумащ тхыгъэр): «1983 гъэм мэлыжьыхьым и кIэхэм ансамблыр ежьащ Бразилием кIуэну. Футбол спорт лIэужьыгъуэр щытепщэ къэралым махуэ 47-кIэ щыIащ, и утыку нэхъ ин дыдэхэм пшыхь 37-рэ щитащ. Бразилием щыпсэухэр гухэхъуэ инрэ гукъыдэж мыухыжкIэ игъэнщIат, щытхъурэ фIыщIэрэ къыхуащIу. «Хьэлэмэтыщэщ мыр!», — къыжриIат Бразилием и сенатым и унафэщI Коэло Нило Урысейм и лIыкIуэм, гупым и концертыр япэу щигъэлъэгъуам.
Сыт хуэдэ щIыпIэ щымыIами, ансамблым дэнэкIи Iэгуауэшхуэхэр къыщыхуаIэтащ. Къыхэгъэщыпхъэщ, Совет Союзымрэ адрей къэралхэмрэ я щэнхабзэр зэпыщIэнми гупым и гуащIэшхуэ зэрыхилъхьар.
«Кабардинка» Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал академическэ ансамблыр щызэфIэува лъэхъэнэр ди щIыналъэм и тхыдэм щыщ зы IыхьэфIщ.
Ансамблым утыку къришащ къэфакIуэ пщIы бжыгъэхэр, абыхэм ящыщ куэдым къыхуагъэфэщащ РСФСР-м, КъБАССР-м цIыхубэ, щIыхь зиIэ я артист цIэ лъапIэхэр, къратащ СССР-м и медалхэр, орденхэр, щIыхь, фIыщIэ тхылъ бжыгъэншэхэр.
АЩХЪУЭТ Раисэ,
КъБР-м Архив къулыкъущIапIэм иджырей тхыдэмкIэ и центрым и управленэм и унафэщI.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28365.txt"
} |
Акъылым и лэжьэкIэм зрегъэужь
Дзэлыкъуэ куейм и еджакIуэхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ хэтащ «Урысей зэкъуэт» Урысейпсо партым и щIыпIэ къудамэм и саугъэтхэм папщIэ шахматымкIэ щызэхьэзэхуа турнирым.
АБЫ я зэфIэкI щеплъыжащ куейм и къуажэ псоми къикIа, илъэси 7 — 14 зи ныбжь школакIуэхэр, апхуэдэуи, егъэджэныгъэм и лэжьакIуэхэр.
Командэ зэпеуэм щытекIуащ Дзэлыкъуэкъуажэ дэт курыт еджапIэ №1-м и гупыр. Каменномост къуажэм и школ №1-р етIуанэ хъуащ. Ещанэ увыпIэр зэдагуэшащ Малкэ къуажэм дэт курыт еджапIэ №3-мрэ Дзэлыкъуэкъуажэ и школ №2-мрэ.
Щхьэзакъуэ зэпеуэм текIуэныгъэ къыщихьащ Дзэлыкъуэкъуажэ щыщ Мысырджэн Хьэзрэт. Абы и къуажэгъу Аброкъуэ Марат етIуанэ хъуащ. Малкэдэс КIэмыргуей Мухьэмэд ещанэ увыпIэр лъысащ.
Хъыджэбзхэм я деж бжьыпэр щиубыдащ Сэрмакъ къуажэм къикIа Къардэн Назирэт. Дзэлыкъуэкъуажэ щыщ Маргъущ Каринэ — етIуанэ, абы и къуажэгъу Къэшэж Иннэ ещанэ увыпIэхэр къахьащ.
Куейм и егъэджакIуэхэм я зэпеуэм япэ, етIуанэ увыпIэхэр къыщахьащ каменномостдэсхэу Гъурыжь Мухьэдрэ Гугъуэт Алийрэ. Дзэлыкъуэкъуажэ щыщ Къэшэж Олег ещанэ хъуащ.
ГъэзэщIакIуэ комитетым и унафэщI Гуэнгъэпщ Хьэбас турнирым кърихьэлIахэм яжриIащ шахматыр гукъыдэжыр къэзыIэт джэгукIэ къудей мыхъуу, акъылым и лэжьэкIэм зезыгъэужь Iэмалуи къызэралъытэр. «Урысей зэкъуэт» партым и щIыпIэ къудамэмрэ Дзэлыкъуэ куейм и администрацэмрэ я жэрдэмкIэ зэхьэзэхуэр илъэс къэс ирагъэкIуэкIыну мурад зэраIэри къыхигъэщащ.
Зэпеуэхэм хэта псоми саугъэтхэр иратащ. ЕхъулIэныгъэ зыIэрызыгъэхьахэм «Урысей зэкъуэт» партым и щIыпIэ IуэхущIапIэм къыбгъэдэкIыу щIыхь тхылъхэр, ахъшэ саугъэтхэр хуагъэфэщащ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28371.txt"
} |
Бзэр щыIэху
Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ «Словарная вселенная Мухамеда Апажева» тхылъыр.
Ар теухуащ лексикографием зи гъащIэр тезыухуа лингвист цIэрыIуэм. Тхылъым ихуащ Апажэм и ныбжьэгъухэм, и лэжьэгъухэм я гукъэкIыжхэр, щIэныгъэлIым хуатха рецензэхэр, илъэс 50-м щIигъукIэ езым и Iэдакъэ къыщIэкIа тхыгъэхэр, сурэт зыбжанэ. Абы пэублэ псалъэ хуэзытхар Котляров Викторщ.
Дунейпсо бзэщIэныгъэм мыхьэнэшхуэ щиIэщ псалъалъэхэр, щIэнгъуазэ зэхуэмыдэхэр зэхэгъэувэнымкIэ щапхъэ зытрах урыс лексикографием. Ар шэчыншэ Iуэхущ, Апажэ Мухьэмэд хуэдэ щIэныгъэлIхэм бзэм хуащIа хэлъхьэныгъэм ар и фIыгъэу жыпIэмэ, егъэлея хъунукъым. Иужь дыдэу Апажэм къыдигъэкIа «Русская лексикография и ее роль в становлении и развитии словарно-энциклопедического дела на Северном Кавказе» тхылъым ар щынэрылъагъущ.
Апажэ Мухьэмэд и щIэныгъэ лэжьыгъэхэм я бжыгъэр куэд мэхъу. Лексикографием абы хуищIа хэлъхьэныгъэр иджыри дджын хуейуэ къытпэщытщ. ГурыIуэгъуэщ Апажэ Мухьэмэд и цIэр бзэ щIэныгъэм къыгуэхыпIэ имыIэу зэрепхар.
ЩIэныгъэм къыдэкIуэу, Апажэм егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэми и гуащIэ хилъхьащ. Урысыбзэр егъэджыным, ар хамэ къэралхэм цIэрыIуэ щыщIыным ехьэлIауэ абы зэфIигъэкIахэми гулъытэ хуэфащэщ. Чехословакием, Кубэм, Финляндием щыщ студент мин бжыгъэхэм Апажэм и дерсхэр ягу къинэжащ, зэрыригъэджа урысыбзэмкIэ куэд мэпсалъэ.
Тхылъым «Словарная вселенная Мухамеда Апажева» щыфIащым, бзэщIэныгъэ- лIым зэфIигъэкIам зымащIэкIи щIрагъэгъуакъым. Пэж дыдэуи, абы апхуэдэ «дуней» къызэригъэпэщащ икIи и гъащIэр зытриухуа бзэр щыIэху, езыри псэунущ.
БЖЬЫХЬЭЛI Розэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28374.txt"
} |
Псыежэххэр
ЦIыхум щIыпIэхъуэж щищIкIэ, сытым щыгъуи псым нэхъ пэгъунэгъуу тIысырт. Абыи зы мыхьэнэ гуэр иIэу щыта къыщIэкIынщ. А мыхьэнэри къэщIэгъуейкъым. Техникэ зызыужьам дэри гущIыIэ дыдэхъуами, ди псэр щIыуэпс къабзэмкIэ йоIэ икIи зыгъэпсэхупIэ, нэгузыужь дыщыдэкIахэм деж псы Iуфэм дыщетIысэхыну дыхуопабгъэ. Мис аращ мы Iуэхум нэхъыщхьэ дыдэу хэлъыр — псым псэм зыдегъэпсэху, мы дунейм тет псор абы зэрелъытам и щыхьэтуи узыщIишэу, гъунэгъу узыхуищIу къыпщохъу.
Псыежэххэр ЩIым и лъынтхуэщ жаIэ, дунейм и щхьэфэри, щIы щIагъри бэджыхъ щхъуантIэу зэхиблащ. Пасэрей къэралыгъуэшхуэхэу Мысыр, Китай, Вавилон, Ассирие, къинэмыщIхэри, апхуэдизу ефIакIуэу зэрыщытам и щэху нэхъыщхьэри псы Iуфэм Iусу, я Iуэхуи дэлъи псым тету зэрахьэу зэрыщытарагъэнущ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, пасэрейхэм я псыежэххэм пщIэ хуащIырт, кIэлъыплъырт, зэран хуэхъуртэкъым. Нобэрей дунеймкIэ къэдгъэзэжмэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, Iуэхур щIагъуэкъым.
биологие щIэныгъэхэм я кандидат, КъБКъУ-м биологие къудамэм и егъэджакIуэ ХьэтIыхъу Iэубэчыр абы теухуауэ жеIэ: «Къэбэрдей-Балъкъэрым ди псыежэххэм я щытыкIэр, я теплъэ хъуар Нартей псы цIыкIум и щапхъэмкIэ къэбгъэлъагъуэ хъунущ. Сэ мы псы цIыкIум илъэс 30-м щIигъуауэ сыкIэлъоплъ. Ди студентхэри къасшэурэ, щIэх-щIэхыурэ къэпщытэныгъэхэр идогъэкIуэкI, мы псым и щытыкIэ хъуар, цIыхум и Iэужьым зыхуишар къэтлъытэну, псым хэс псэущхьэхэр дджыну. Нартейм нэхъ пасэIуэу бдзэжьей къуэлэн куэду хэсу щытащ, псынэпс къабзэу мэзым къыщIэжрэ, Налшыкыпсым хэлъэдэжу. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, иджыпсту бдзэжьеи хэсыжкъым, пхъэнкIиймрэ хьэндыркъуакъуэ лэпсымрэ щIигъэнарэ, псырыкI трищIэжауэ апхуэдэщ. Гъатхэм аргъуейр куэду щхьэщыту, пхъэнкIийм икудауэ… Гурымыхьщ. Ар ди напэщ!»
Къэбэрдей-Балъкъэрым ди щIыуэпсыр, псалъэкIэ къыпхуэмыIуэтэну дахэщ, абыкIэ дуней псом щыцIэрыIуэщ. Ди адэжьхэр дэ тхуэдэу абы хущытамэ, нобэм дыкъэсыну къыщIэкIынтэкъым. Сэ быдэу си фIэщ мэхъу пасэрейхэм щIыуэпсым теухуауэ хабзэшхуэ зэрахэлъар. Мис апхуэдэ дыдэу дэри дегупсысын хуейщ къытщIэхъуэ щIэблэм къахуэдгъанэмрэ зыхэпсэукIынумрэ. Иджыпсту цIыхум псыежэххэр зэрыхузэфIэкIкIэ, и къару къызэрихькIэ къегъэсэбэп. Абы псыежэххэм и щIэр щIелъэсыкI, псэущхьэ хэсхэм зэран яхуохъу, апхуэдэпсым уефэну, къэбгъэсэбэпыну, бгъэкъэбзэну яужь уихьэмэ, гугъусыгъу хъунущ.
ЦIыхум и Iэпкълъэпкъым и лъынтхуэ псори зэпыщIарэ гум зэрекIуэлIэжым хуэдэу, дунейм псыежэхыу тетри зэхолъэдэж, зэлъоIэсыж. Зы щIыпIэ деж псыр щыIеймэ, ар адрейхэми ялъэIэсынущ, дунейпсо хым щызэхэшыпсыхьыжынущ. Апхуэдэуи къыхэгъэщыпхъэщ, псыр дыгъэм къигъэплъа нэужь, бахъэ хъурэ уэгум пшэуэ щызэрызэхуэсыр, иужькIэ уэшхыу къызэригъэзэжыр. Ар дунейм и хабзэ мыужьыхыжщ. Мы гупсысэм утетмэ, ди Iэм IэщIэкIа мыхъумыщIэр, псым хэдутIыпщхьа псори гува-щIэхами къытлъоIэсыж. Ар цIыхум и гъащIэм, зыужьыныгъэм зэран къыхуэмыхъуну къэплъытэныр щыуагъэшхуэщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым ди псыежэххэр мащIэ-мащIэурэ зэрыфым, зэрыгъужым, бдзэжьей зэрыхэмысыжым гу лъыттэми, сэбэп дыхуэхъуфыркъым. ХьэтIыхъу Iэубэчыр илъэс куэд щIауэ дыкъэзыухъуреихь дунеймрэ абы къыщекIуэкI зэхъуэкIыныгъэмрэ якIэлъоплъ. ЩIыуэпсым лейуэ етхым и гур щIэузрэ фIэпсэкIуэду, ар хъумэнымрэ зэтеIыгъэнымрэ ерыщу бгъэдэту къогъуэгурыкIуэ, езым хуэфэщэн гъэсэнхэри иIэщ. Iэубэчыр егъэщIагъуэ икIи псалъэкIэ къыхуэIуатэркъым апхуэдиз дахагъэ зезыхьэ, псынэпс къабзэ псэхэлъхьэжым и щытыкIэ хъуар. ЩIэныгъэлIым и гъэсакIуэхэр щIыгъуу Нартей псыежэхым и щытыкIэр набдзэгубдзаплъэу зрагъащIэ, и кууагъыр, бгъуагъыр, зэрежэхым и псынщIагъэр къалъытэ. ХьэтIыхъум жеIэ абы мыхьэнэ ин дыдэ зэриIэр. Биологие къудамэм и лIыкIуэхэр къызыкIэлъыкIуар мы псыежэхым гъащIэ гуэр хэлъмэ зрагъэщIэнуращи, мывэхэр къаIэтурэ, абыхэм я лъабжьэм хьэпщхупщ къыщалъыхъуэ. Ахэр иужькIэ лабораторэм щадж, зэгуэр бдзэжьей къуэлэныр куэду зыхэсу щыта Нартей псыр иджыри пхуэгъэкъэбзэжынумэ, зыгуэркIэ сэбэп хуэхъуххэнумэ зрагъэщIэ.
КъызэрыщIэкIымкIэ, япэм псынэпс къабзэу къыщIэжу щыта, иужькIэ пхъэнкIийм икудауэ, зи сэфэтым имытыж Нартейм хьэпщхупщ зэмылIэужьыгъуэхэр къыщагъуэтащ. Абыхэм я нэхъыбэр псы фIейм хуэлъэхэращ. ГъэщIэгъуэныракъэ, псыпцIэм хуэкIуэным зымащIэ тIэкIу фIэкIа зимыIэж псым бдзэжьеи хэсу къыщIэкIащ, ауэ къэпщытэныгъэхэр ирагъэкIуэкIыху зы закъуэщ ягъуэтар. Абы къикIыу пIэрэ, Нартейм иджыри псэ хэтыжу, иужь уихьэрэ, зымащIэ тIэкIукIэ удэIэпыкъумэ, зигъэкъэбзэжрэ бдзэжьей къуэлэн хищIэжыну?!
— Псыр мывибл ирижа нэужькIэ зигъэкъэбзэжауэ къалъытэу щытащ адыгэхэм. Нартейм теухуауэ жысIэнуращи, зэран ухуэмыхъуу, езы псым хиша лъагъуэм тету жэмэ, пхъэнкIийхэр къыхэпхыжмэ, зигъэкъэбзэжынущ икIи бдзэжьеи хищIэжынущ, — жеIэ ХьэтIыхъум. — Ар бгъэщIагъуэ хъунукъым. Сыту жыпIэмэ, сыт хуэдэ псыежэхри, сыт хуэдизу фIейуэ щымытами, и гугъу умыщIмэ, зэран ухуэмыхъумэ, укIэлъыплъмэ, зигъэкъэбзэжынущ. Аращ щIыуэпсым и хабзэр.
КъБКъУ-м биологиемкIэ и къудамэм и унафэщI, биологие щIэныгъэхэм я кандидат Пэрыт Анзор:
— Ди къудамэр КъБКъУ-р къызэрыунэхурэ щыIэщ икIи зэпымычу лэжьыгъэ, къэхутэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр идогъэкIуэкI. Нартей псыежэхым ехьэлIауэ ХьэтIыхъум Iуэхугъуэ, дауэдапщэ куэд дыдэ къызэрегъэпэщ икIи и студентхэри абы дригъэхьэхыу, щIэныгъэм нэхъ зэрыхишэным хущIэкъуу йокIуэкI. Апхуэдэ щIэныгъэлIхэр ди куэдщ, дыкъэзыухъуреихь дунейм (хьэуам, щIым, псым) зэхъуэкIыныгъэу хэтлъхьэмрэ абы дызыхуишэнумрэ куууэ додж, ди къэхутэныгъэхэр цIыхубэм, дунейпсо щIэныгъэм зэрыхэтлъхьэным, сэбэп дызэрыхъуным дыхущIокъу.
Ди гуапэ зэрыхъунщи, Къэбэрдей-Балъкъэрым ди псыежэххэм я щытыкIэр, дуней псом къыщекIуэкIым елъытауэ, апхуэдэу шынагъуэ дыдэкъым. Пэжщ, ди псыхъуэхэр пхъэнкIий идзыпIэ тщIыжащ, кIэлъызехьэн хуей пщIэр хуэтщIыжыркъым, ди Iэужьым кърикIуэнуми дегупсысыркъым. Ауэ зыщыдвмыгъэгъэгъупщэ, ди щIыналъэм и къалащхьэр псы зэфэну зыщыгугъыр ди псыежэххэмрэ, щIы щIагъым къыщIашымрэщ. Дунейм и гъунапкъэ зэмылIэужьыгъуэхэм цIыху мин бжыгъэхэр псы щхьэкIэ щызэтолIэ. Ахэр, псы къабзэ, псыежэх дэнэ къэна, уэшхыпсымрэ псы инахэмрэ щыгуфIыкIыу я гъащIэр ирахьэкI. Апхуэдэхэм зыри я къарукъым, нэгъуэщI къэралхэм зыкъыщIагъэкъуэным ежьэ мыхъумэ. Абыхэм я натIэ хъуар тлъагъуу, щхьэ дэ тлъэмыкIрэ ди къулеигъэ нэхъыщхьэ дыдэр — щIыуэпсыр — тхъумэныр?!
Дунейм псыежэх мин бжыгъэхэр тетщ, ахэр кIуэ пэтми зэIыхьэ, фIей мыхъумэ, зыкIи ефIакIуэркъым. Зы гупсысэ гуэрым ухуишэн хуейкъэ абы?! Щхьэ дыхуэнэф ди щIыуэпсым, щхьэ дыхуэдэгу абы къыджиIэм?
Псы фIейм и бэлыхьым цIыху гъащIэ Iэджи ихьащ. Иджыпсту абы упэлъэщыну нэхъ тынш хъуащ, ауэ нобэкIи ди гур зыгъэныкъуэн куэд хэлъщ мы Iуэхум. Псалъэм папщIэ, псоми къэдгъэсэбэп щIыгъэпшэрхэр, щхъухь гуащIэхэр, къинэмыщIхэр, щIым кIуэцIрыкIыурэ, псым хошыпсыхь. Ар къыдэтшеижурэ, къыдогъэсэбэп. А псор зэрызэпыщIам, ди Iэм и зэран ди щхьэм зэрекIыжым, дауи, дегупсысыркъым.
ЩIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, псым псэ Iуту жыпIэмэ ущыуэнукъым. Абы узэхех, зэхихым теухуауи и зэхэлъыкIэм зехъуэж. Абы къикIыу пIэрэ, дэ, цIыхухэр процент 75-кIэ псыуэ зэIылъхэр, дызэфэ псым хуэдэ дыхъужу? Псы фIей дефэмэ, ди дуней тетыкIэри апхуэдэу, псы къабзэ дефэмэ, дигуми ди псэми загъэкъабзэу?!
Епсэлъар Къаныкъуэ Зэрылэщ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28378.txt"
} |
Псэхэлъхьэжхэр
Псыр псэхэлъхьэжщ, жиIащ пасэрейм. Иджыпсту щIэныгъэм къихута Iуэхугъуэр а псалъэжьымкIэ къэIуэта хъуащ нэхъ пасэу.
ЩIымрэ уафэмрэ я зэхуакум дэлъ гъащIэр зэлъытари, зэтезыIыгъэри, дакъикъэкIэ зыгъэкIуэдыжыфынури псыращ. Сыт хуэдэпсри щIэдзапIэм, цIыхубзым Анэм хуагъадэ. Псыр нэхум и ткIуаткIуэ тIолъхуэныкъуэщ. Ар сытми хошыпсыхь, егъэкъабзэ, егъэбатэ, гъащIэ хелъхьэж. Абы нэхъ IэфIрэ нэхъ лъапIэрэ дунейм теткъым.
Псыр щытыкIищым итщ — бахъэ, ткIуаткIуэ, мыл. ЩIэныгъэлIхэм планетэщIэ къахутэху, абы псы щыIэрэ щымыIэрэ ядж. Псы щыIэмэ, гъащIи щыIэщ. Апхуэдэ гупсысэм хуэзышари Iуэхугъуэ хьэлэмэтщ — ар ЩIым и закъуэщ, ткIуаткIуэу щыщытыр, хьэршым псыр е щымылщ, е щыбахъэщ.
ЦIыхум и Iэпкълъэпкъым и процент 75-р псыщ. ХьэршымкIэ ЩIым укъыщеплъмэ, и щхьэфэм и процент 71-р щхъуантIафэ-щIыхуфэщ. Ар псыращ, апхуэдиз еубыд абы. Дунейм псыуэ тетыр зэхуэпхьэсыжмэ (абы щIы щIагъым щызежэри, дунейпсо хыри, псэущхьэхэм япкърытри хеубыдэ) Мазэм и Iыхьэ щанэм хуэдиз хъу «ткIуэпсышхуэ» ирикъунут. ЩIы щхьэфэм куэду къытещ щхьэкIэ апхуэдэуи куэд дыдэ хъуркъым ар. Узэфэ хъуну псы къабзэу абы хиубыдэр къэплъытэмэ, ари нэхъ мащIэжщ. Ауэ куэдым ящIэркъым, щIы щхьэфэм щыIэ псым нэхърэ куэдкIэ нэхъыбэ, цIыхур здынэмысыф, иримытIыхыф куууагъхэм зэрыщыIэр. Ар ЩIым и лъынтхуэ гъэпщкIуахэм щызожэ.
ХьэIупэ ДжэбрэIил, композитор: — Сэ куэдым сыкIэлъоплъ, согупсыс. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, ди щIыуэпсым, дыкъэзыухъуреихь дунейм ди зэран куэду йокI икIи гу лъыдмытэурэ доукI. КъыдгурыIуэжу къыщIэкIынукъым ар къызэрытпекIуэкIыжынур. Уи унэ узыщIэсыр уи IэкIэ зэхэпкъутэжым хуэдэщ ар. Псым нэхъ тегъэщIауэ сыпсэлъэнщи, узижагъуэнщ. Сыту жыпIэмэ, ди псыежэххэм бдзэжьей хэсыжкъырм. Бдзэжьей хэмысмэ, ар зыгуэрым и нэщэнэщ, дауи — псыр зэрымыщIагъуэм, гъащIэ зэрыхэмылъыжым, псэ зэрыIумытыжым. Сэ сощIэ цIыхухэр бдзэжьей ещэ и цIэу, токкIэ еуэурэ, зэраукIыр. Мо бдзэжьей къомыр, я ныбэр къыдэгъэзеяуэ къыдредзейри, ар зэщIащыпэж… Ар дауэ зэрыпшхыжынур?! Апхуэдэу дауэ узэрыщытынур?!
Абы и закъуэкъым — псыр пхъэнкIий идзыпIэ ящIащ. Заводхэм, комбинатхэм къагъэсэбэпа псыр псыежэх- хэм хаутIыпщхьэ. Узэфэ хъун псы щIыIэ, псы къабзэ, IэфI щыIэжкъым. Ди псынэпсу хъуар зэрыщыту дгъэкIуэдащ, «дукIащ». ТэрчкIэ зы ныбжьэгъу щызиIэщ сэ. Абы гуэл къызэригъэпэщауэ кIэлъоплъ, ехъумэ, йолIалIэ. Иджы а гуэлым псыпцIэ жыг баринэшхуэр къыщхьэщытщ, и «щхьэцыр» псым хилъафэрэ, зэрихьэу… Гуэлым пэмыжыжьэуи куууэ иритIыхауэ псыкъуий щытщ. Абы зыпс къыдрешейри!!! Уефэ пэтми зумыгъэнщIу апхуэдэщ.
Сыхуейт цIыхухэм я Iэм IэщIэкIым кIэлъыплъу, абы дызыхуишэнумрэ ди бынхэм къахуэнэнумрэ нэсу къагурыIуэу щытыну. Дэ дыщхьэрыуауэ допсэу, къытщIэхъуэм дегупсысыркъым. Апхуэдэу ущыт хъунукъым. Хабзэншэр насыпыншэщ.
Щауэ Iэбубэчыр, химие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, КъБКъУ-м и егъэджакIуэ:
— Псыр къызэрыгуэкIыу къытщыхъу щхьэкIэ, хуабжьу гугъусыгъуу, акъылым къыпхуимыгъэтIэсэн хуэдэу зэхэлъщ. Къапщтэмэ, псыр газу щытын хуеящ. Менделеевым и таблицэм уеплъмэ, псыр зэрызэхэлъ пкъыгъуэхэр гъуэзщ, ауэ водородымрэ кислородымрэ зэхыхьа нэужькIэ хьэлъэщи, хьэуам хуэмыIэту, ткIуэпс мэхъу. Абы и закъуэкъым псым гурыIуэгъуейуэ хэлъыр. Мылыр псы ткIуаткIуэм щIилъэфэн, щIигъэтIысыкIын хуеящ. Апхуэдэу щытатэмэ, псым псэущхьэу хэсыр хэпсэукIыфынутэкъым, гъащIэ хэтынутэкъым. Ауэ щIэтIысыкIыркъым, псыщхьэм къыдокIуей, ерсу телъщ. Апхуэдэуи хьэлэмэтщ цIыхум и Iэпкълъэпкъым псыуэ итыр процент 75-рэ зэрыхъур. Ар тIэкIукIэ нэхъ мащIэ хъумэ, лIэнущ. Псы къабзэр хущхъуэ лъэщщ. Абы узыр, гузавэр, губжьыр пщхьэщех. Арауэ къыщIэкIынущ псыр псэхэлъхьэжщ щIыжаIэжри.
МыдэкIэ ди зыужьыныгъэм теухуауэ псым и мыхьэнэм утепсэлъыхьмэ, сыт хуэдэ IуэхукIи, унэтIыныгъэкIи цIыхум псыр къегъэсэбэп. Абы щыгъуэми, псым лей идох, зэрытлъэкIкIэ къыдогъэсэбэп, ауэ зэрыгъэкъэбзэжыпхъэм куэд егупсысыркъым. Заводым, псалъэм папщIэ, къигъэсэбэпа псы фIейр игъэкъэбзэжын хуейщ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, псори а жыпхъэм теткъым. Псы псори зэпхащ, зыр адрейм холъэдэж. Ар тщIэми, гува-щIэхами тIэщIэкIа псы фIейм и зэран къызэрыдэкIыжынур куэдым къафIэIуэхукъым. Дыщыпсэу лIэщIыгъуэм къимыгъэзэжынуми, щIэблэм егупсысыпхъэщ. Дэ къэдгъанэ щIыуэпсырщ ахэр зыхэпсэукIынур. Псыр хъумэн, хуэсакъын хуейщ, аращ дэ псэ къытхэзылъхьэжри, дызыгъэпсэури.
— Iэбубэчыр, дызэфэ псым теухуауэ упщIэ зыбжанэ сиIэщ. Псалъэм папщIэ, ди кранхэм къиж псыр дэнэ къыздикIыр?
— Налшык къалэ утепсэлъыхьмэ, дызэфэ псыр къыщащтэ щIыпIэу 9 щыIэщ. Абыхэм ящыщу зыр Тыжьей къыщыщIашымрэ Налшыкыпсымрэ ныкъуэ-ныкъуэу зэхэтщ. Адрейхэр псори Налшыкыпсым къыхаш. Къуажэхэм я псыр, щIыпIэ хэха иIэу, щIыр яубрууарэ, мотор тетыжу, щIым къыщIаш. Къуажэхэм я псыр нэхъ къабзэу жыпIэ хъунущ. Ар къыщыщIашкIэ, щIыр зэрызэхэлъ породэхэм егъэкъабзэ. Кальцийрэ магнийрэ нэхъыбэу хэлъынущ, ауэ ар псыр къыщыбгъэкъуалъэкIэ хокIыж. Шейнычхэм хужьу кIэрищIэр, щIэтIысыкIращ ар. ДэнэкIи къыщыщIаш псыр ди кранхэм къижын и пэ къихуэу, ягъэкъабзэ, хлор хаутIыпщхьэ.
Бжьамийм къиж псым хлор хэмылъу щытамэ, псым хэс бактериехэр нэхъри щыбэгъуэнурэ, пасэрейм хуэдэу, емынэр, тифыр, кIэтIий узыр къэхъеижынут. Хлорым псыр игъэкъабзэу аращ. Абы къыдэкIуэу, езы хлорми и зэран къыдокI. Псом хуэмыдэу лъатэр, жьэжьейр, кIэтIийр, лъынтхуэхэр лышхым (онкологием) ищтамэ, ар зи зэраныр хлорращ. Сыт-тIэ, Iэмалыр?! ХэкIыпIэ зыбжанэ щыIэщ — краным къижа псыр зы сыхьэткIэ щыгъэтыпхъэщ. Хлорыр езыр газщи, а зэманым къриубыдэу, псым холъэтыкIыж. Апхуэдэу псыр бгъэщту къэбгъэвыж хъунущ. Апхуэдэм деж хлорыр шыгъу хужьу щIотIысыкIри, абы улъэмыIэсу, къыщхьэщыбгъэжурэ къэбгъэсэбэпын хуейуэ аращ. Абы къищынэмыщIа, псым дыжьынхэкI хэбдзэмэ, хлорыр егъэкIуэд. Къыхэгъэщыпхъэщ псыр къэбгъэкъуалъэкIэ хлорыр зэрымыкIуэдыр, уеблэмэ и зэхэлъыкIэкIэ нэхъ шынагъуэж зэрыхъур. Абы къыхэкIыу, псыр къэвгъэкъуэлъэн ипэкIэ е сыхьэткIэ щытауэ, е щтарэ къэвыжауэ щытыпхъэщ.
— Шейнычым кIэрищIэ шыгъум теухуауэ… ЦIыхухэм къалъытэ апхуэдэу щытын хуэмейуэ. ЩIэныгъэм сыт жиIэр?
— Псым хэлъын хуейщ а шыгъур. Ар дызэса, шхыным хэткIутэ шыгъум хуэдэкъым, атIэ кальций, магний жыхуэтIэхэращ. Ахэр Iэпкълъэпкъым къылъымысмэ, цIыхум и къупщхьэхэр быдэу щытынукъым. Дауи, гъэшхэкIым, языныкъуэ хадэхэкIхэм, апхуэдэу псыми хэлъщ дызытепсэлъыхь шыгъухэр. Къыхэгъэщыпхъэщ мыри: псым къэкъуэлъэн щыщIидзам ирихьэлIэу, тхъурымбэ къыдрихуейуэ мэхъу. Мис абдеж хьэкум къытехыжын хуейщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, адэкIэ, зэрыжаIэу, «зы IэфI къыщIэмынэжу» псым дызыхуэныкъуэу хэлъ шыгъур хилъэсыкIынурэ, щIэтIысыкIынущ. Абы уз хахкъым, ауэ Iэпкълъэпкъыр зыхуэныкъуэр къылъымысынуращ. Зэтрихьэм, зэтрихьэурэ, иужькIэ зыкъуигъэщIэнущ. Дауэ жыпIэмэ, къупщхьэ зэрытыпIэхэм дэт хъыщтыр нэхъ махэ хъунущ.
— Уи жэуапым къикIрэ, псы къэкъуэлъа, упщIыIужа зыфIэфI цIыхухэм а узыфэр яхуэлъэу? Хьэмэрэ, сабий цIынэхэр псы гъэва зэрырагъафэр щыуа- гъэу?
— Пэжщ, сытым дежи псы гъэва уефэ хъунукъым. Псы гъэва стэкан ныкъуэрэ псы цIынэ стэкан ныкъуэрэ зэхэпкIэмэ къозэгъ. Сабий цIынэхэр псы гъэва зэрырагъафэм теухуауэ ар тэмэмщ. Псым хэлъ бактериехэр апхуэдэу яукI, ауэ зэрыжысIащи, куэдыIуэрэ къэбгъэкъуалъэ хъунукъым. Бахъэр зэхуахьэсыжурэ псы къагъэкъуэлъар щIэрыщIэу ткIуаткIуэу зэхуахьэсыж (дистиллированэ). Ар техникэм, химием, биологием къыщагъэсэбэп мыхъумэ, уефэнкIэ Iэмал иIэкъым. Абы шыгъуи зыри хэлъыжкъым, псы къабзэщ. Мис абы Iэпкълъэпкъым кальцийр кърилъэсыкIынущ, Iисраф уищIынущ.
— ГурыIуэгъуэщ. Псыкъуийхэм теухуауэ сыт къыджепIэфын? Абы къраш псыр сыт хуэдэ?
— Псыкъуий нэхъ здэщыIэр къуажэхэращ. Псы къалъымысу, краныр къимыжу, IэмалыншагъэкIэ щIыр метрэ зыбжанэкIэ иратIых, мотор трагъэувэри, къыдрашей. Япэрауэ, апхуэдэу чэнжыIуэу ептIых хъунукъым, псы къабзэ здэщыIэр метри 100 — 120-кIэ уеIэбыхмэщ. ЕтIуанэрауэ, къуажэдэсхэм я псы фIейр зэрылъэдэж кумбыр пщIантIэкIуэцIым е хадэихьэпIэм щратIых. Уегупсысмэ, а тIур (псы къабзэ къыдрашеймрэ псы фIей иракIутыжымрэ) щIы лъабжьэм щызэхолъэдэж, фIейр къабзэм зэран хуохъу, ар къыдрашеижри, аргуэру къагъэсэбэп. Апхуэдэу пщIэ хъунукъым. Мыхъужыххэмэ, къыдрашей псыр щIэх-щIэхыурэ анализ егъэщIыпхъэщ. Иджыпсту цIыхум синтетикэ куэду зэрехьэ. Ахэр псори цIыхум деж къосыж. ЗанщIэу зыхыумыщIэми, зэтрихьэурэ иужькIэ къыппекIуэкIыжынущ, узыфэ шынагъуэ хэпхынущ. ЖысIэнуращи, псыкъуийри псы фIейр зэрылъадэри нэрыуфIыцIу ухуа мыхъуу, егупсысауэ, зэпэшэчауэ убзыхупхъэщ.
— Iэбубэчыр, цIыхум и зыужьыныгъэм, и лэжьыгъэм и зэран псым йокI. Абы дауэ дызэрыпэлъэщынур?
— ЗэрыгурыIуэгъуэщи, псы фIейр бжьамийхэмкIэ унэм къыщIож. Ар къалэщIыбым щызэхуахьэсыжри, ягъэкъабзэ. Апхуэдэ щIыкIэр, тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, илъэс мин бжыгъэ хъуауэ щыIэщ. Мысырым щрагъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэмкIэ наIуэ къэхъуащ илъэс мини 5 и пэкIэ апхуэдэ бжьамийхэр къагъэсэбэпу зэрыщытар. Аращ пасэрей Римыр, Индиер. Апхуэдэ ухуэныгъэхэм къаруушхуэрэ мылъкуфIрэ текIуадэрти, пащтыхь унэхэрат щащIыр.
Мыдрейхэм кумбышхуэхэр къатIырти, абы ираутIыпщхьэрт, е псыежэххэм хагъэлъадэрт. Ахэр егупсысыжу къыщIэкIынтэкъым абы и зэран къазэрекIыжынум. Сыту жыпIэмэ, пасэрейм цIыху мин бжыгъэхэр зыхьа узыфэ шынагъуэхэр къызыхэкIар псы фIейращ. Европэм и зэхуэдитIыр абы текIуэдат. 18 — 19 лIэщIыгъуэхэм псы фIейр щагъэкъабзэ щIыпIэхэмрэ Iэмалхэмрэ къэунэхуащ икIи абы узыфэ зыбжанэ дэкIуэдащ, псом хуэмыдэу кIэтIийм ефыкIхэр.
Уи упщIэмкIэ къэзгъэзэжынщи, псы фIейр зэрагъэкъабзэ сыт хуэдэ ухуэныгъэри зэпэшэчауэ, егупсысауэ къызэгъэпэщыпхъэщ. Сыту жыпIэмэ, ар щыухуа Iэгъуэблагъэм псы къыщыщIаш щIыпIэ иIэми, щIым и зэхэлъыкIэми мыхьэнэшхуэ иIыгъщ. БжьамийкIэ ди унэхэм щIэж псы фIейм пшахъуэ, кислота, бактерие, шыгъу зэмылIэужьыгъуэхэр, къинэмыщI мыхъумыщIэхэр хэлъщ. Щхьэж хухэха IэмалымкIэ елэжьын хуейщ.
Псы фIейр зэрагъэкъабзэ щIыкIэхэр гупищу зэщхьэщедз: механическэу, химическэу, биологическэу.
Иужьрей зэманым къежьауэ, къэрал зызыужьахэм нэгъуэщI щIыкIэхэри къагъэсэбэп. Ахэр куэдкIэ нэхъыфIщ, ауэ мылъкушхуэ токIуадэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28381.txt"
} |
ГъэсакIуэ нэхъыфI дыдэ Тезадэ Людмилэ
Гъэсэныгъэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэм ябгъэдэлъ Iуэху зехьэкIэ пэрытыр наIуэ къэщIынымрэ я зэфIэкIым зегъэужьынымрэ хуэунэтIа зэхьэзэхуэ хьэлэмэт иджыблагъэ щекIуэкIащ Бахъсэн куейм. «ГъэсакIуэ нэхъыфI-2013» фIэщыгъэр зиIа куейпсо зэпеуэм кърикIуахэр къапщытэжащ. Бахъсэн куей администрацэм и пресс-IуэхущIапIэм хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, щIыпIэм и гъэсакIуэ нэхъыфI дыдэу къалъытащ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт прогимназием и лэжьакIуэ Тезадэ Людмилэ.
Зэпеуэр йокIуэкI.
«ГъэсакIуэ нэхъыфI-2013» зэхьэзэхуэм мы гъэм хэтащ куейм и сабий сад псоми я гъэсакIуэхэр. Ахэр зэпеуащ унэтIыныгъэ зыбжанэкIэ. Абыхэм наIуэ къащIащ я Iуэху зехьэкIэр, гъэсэныгъэм нэхъыщхьэу къыщалъытэр яубзыхуащ, сабий гупым драгъэкIуэкI хабзэ дерс гъэщIэгъуэнхэм къэпщытакIуэхэр щыгъуазэ ящIащ. Псоми яфIэхьэлэмэтащ зэпеуэм хэт гъэсакIуэхэм гуп мыцIыхухэм драгъэкIуэкIыфа дерсыр. ЦIыкIухэр къыдахьэхыу ягъэлэжьэн щхьэкIэ, гъэсакIуэхэм бгъэдыхьэкIэ гъэщIэгъуэнхэр къагупсысырт.
Зэпеуэм набдзэгубдзаплъэу кIэлъыплъа къэпщытакIуэ гупым къалъытащ а унэтIыныгъэ псомкIи Тезадэ Людмилэ адрейхэм ящхьэщыкIауэ. ЕгъэджэныгъэмкIэ куей IэнатIэм и лэжьакIуэ нэхъыщхьэ Бэлагъы ФатIимэ къызэрыхигъэщамкIэ, Тезадэм зэфIэкI лъагэхэр къызыкъуихащ, зыпэрыт IэщIагъэмкIи щIэныгъэ куу бгъэдэлъщ. Псом хуэдэжтэкъым абы сабийхэм ядригъэкIуэкIа дерс зэIухар. ГъэсакIуэмрэ абы и нэIэм щIэта цIыкIухэмрэ Африкэ жыжьэм «щыIат», я нэгу зыщрагъэужьу, щыджэгуу, къуажэхьхэр къэщIэнымкIэ дахэу щызэпеуэу.
ТАМБИЙ Линэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28385.txt"
} |
ЛIэщIыгъуэм и къыхуеджэныгъэ
КъБР-м ЦIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министерствэм къызэрыщыджаIамкIэ, «Роспечать»-м и федеральнэ агентствэмрэ Дунейпсо пресс-клубымрэ зэгъусэу ирагъэкIуэкIынущ «21-нэ лIэщIыгъуэм и къыхуеджэныгъэ» фIэщыгъэм щIэт урысейпсо зэхьэзэхуэ.
Урысейм и журналистхэм я зэгухьэныгъэм кърихьэжьа мы Iуэхур зытеухуар журналист ныбжьыщIэхэм социальнэ Iуэхухэм ехьэлIа я публицистикэ лэжьыгъэ нэхъыфIхэр къыхэхынырщ.
Зэхьэзэхуэм хэт хъунущ СМИ-м и лэжьакIуэхэри штатым хэмыту тхэхэри. Ахэр я ныбжькIэ илъэс 25-м фIэмыкIауэ щытын хуейщ.
Зэпеуэм мыпхуэдэ унэтIыныгъэхэр иIэщ:
1. Къыхуеджэныгъэр — жылагъуэ Iуэху бгъэдыхьэкIэщ.
2. Къыхуеджэныгъэр — экономикэ Iуэху еплъыкIэщ.
3. Къыхуеджэныгъэр — дунейпсо лъэпкъ зэхущытыкIэщ.
4. Къыхуеджэныгъэр — зэманым къигъэув Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм зыщыгъэгъуэзэнырщ.
Мы Iуэхум ухэтын папщIэ интервьюхэр, репортажхэр, аналитикэ тхыгъэхэр гъэлъэгъуапхъэщ.
Зэхьэзэхуэхэм я япэ Iыхьэр фокIадэм и 30 пщIондэ, етIуанэр (федеральнэщ) — жэпуэгъуэ мазэм и кIыхьагъкIэ екIуэкIынущ. ТекIуахэм я цIэ къыщраIуэнур щэкIуэгъуэм и 20-рщ.
ФIым я фIыжу зыкъэзыгъэлъагъуэ журналистхэр къызэгъэпэщакIуэхэм я ахъшэкIэ Урысейм и журналист цIэрыIуэхэм я творческэ семинарым ирагъэблэгъэнущ икIи абы къыщратыжынущ «Роспечать»-м и щIыхь тхылъхэмрэ саугъэт лъапIэхэмрэ.
Зэпеуэм теухуауэ фызыщIэупщIэнухэм я жэуапыр къыщывгъуэтынущ Дунейпсо пресс-клубым и сайтым — (www.pr-club.соm).
КъБР-м ЦIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ,
дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28387.txt"
} |
Зы махуи зэпыуркъым
Джылы-Су щIыпIэр игъащIэ лъандэрэ псы хущхъуэхэмкIэ къулейщ. ЗыплъыхьакIуэхэр иджыри къыздэсым гугъу ехьу щытащ, гъуэгу тэмэм иIэтэ-къыми.
«Урысейм и Ипщэ лъэныкъуэ» федеральнэ программэм ипкъ иткIэ, илъэс етхуанэ хъуауэ зыхуей хуагъазэ Нартсанэ — Псы хущхъуэхэм я щIыпIэ — Джылы-Су — Iуащхьэмахуэ щIыпIэхэр зэпызыщIэ гъуэгур. Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм и кIэлъыплъыныгъэм щIэту ирагъэкIуэкI лэжьыгъэхэр зы махуи зэпыуркъым икIи ар мы гъэм и щэкIуэгъуэ мазэм нагъэсын хуейуэ щытщ. Джылы-Су зыщызыплъыхьыну хуей дэтхэнэми дяпэкIэ Iэмал игъуэтынущ тыншу икIи шынагъуэншэу гъуэгуанэр зэпичыну.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28389.txt"
} |
ФIыр щынэхъыбэщ ди республикэм
Белгород кооперацэмкIэ, экономи-кэмрэ правэмкIэ дэт университетым (БУКЭП) и къудамэу Налшык къалэ щыIэм щIэныгъэ-практикэ конференц щекIуэкIащ. Ар теухуауэ щытащ Урысей Федерацэм и щIыналъэхэм я социально-экономикэ зыужьыныгъэм щIэныгъэм щиубыд увыпIэмрэ щигъэзащIэ къалэнымрэ.
Институтым и унафэщI Щоджэн Ахьмэд къопсалъэ. Япэу къэпсэлъащ БУКЭП-м и къудамэу Налшык дэтым и унафэщI, профессор Щоджэн Ахьмэд.
ЗэIущIэм кърихьэлIахэр фIэхъус псалъэкIэ къригъэблэгъа нэужь, Щоджэным жиIащ конференцым еджапIэ зэмылIэужьыгъуэу 15-м, щIыналъиблым я лIыкIуэхэр, щIэныгъэлIхэр зэрыхэтыр.
Апхуэдэуи къыхигъэщащ дунейм и къэкIуэнур зыхуэдэнур еджапIэ нэхъыщхьэхэм куэдкIэ зэрелъытар, я пщэ къалэнышхуэ къызэрыдэхуэр, щIэныгъэрылажьэхэм я гуащIэр дыкъэзыухъуреихь дунейм и сэбэпу зэрыщытыпхъэр. Ахьмэд жиIащ щIэныгъэ-къэхутэныгъэм и мыхьэнэр дуней псом къазэрыщыгурыIуам и мызакъуэу, а унэтIыныгъэм иужьрей зэманым хуэфащэ гулъытэ игъуэт зэрыхъуар. 2030 гъэ пщIондэ ди республикэм зэрызрагъэужьыну щIыкIэр яубзыхуащ, абы ипкъ иткIэ, гулъытэ хэха хуащIынущ къежьэ IэмалыщIэхэм, дунейм и зыужьыныгъэм къыщагъэсэбэпыну щIэныгъэ къэхутэныгъэхэм.
Техникэ щIэныгъэхэм я кандидат, Москва и экономикэ центрым и унафэщI Кравцовэ Лилие тепсэлъыхьащ иджырей экономикэмрэ щIэныгъэмрэ я зэпыщIэныгъэм.
Азизовэ Галинэ. Дербент къалэ Абы къызэхуэсахэм яжриIащ еджапIэ нэхъыщхьэ къэзыухам и IэщIагъэм и хъер илъагъуу, абыкIэ зыхэпсэукIын мылъку кърилэжьыфу щытын зэрыхуейр. ХьэщIэм и псалъэхэм къыхигъэщащ республикэм исхэр тIэкIу щхьэхынэу къызэрилъытэр.
— Къэбэрдей-Балъкъэрыр зыгъэпсэхупIэ дэгъуэщ, мылъку зэрыпщIыфын Iэмал куэд фиIэщ, — жиIащ Лилие. — Туризмэм зыужьыныгъэ щигъуэта къэралхэр къулейщ, абы къыпэкIуэ ахъшэр бюджетым хэлъхьэныгъэфI хуохъу. Абы къищынэмыщIауэ, лъэпкъым и блэкIар къызыхэщыж, къызытещыж хьэпшып цIыкIухэр а щIыпIэхэм щыпщэмэ, абыхэм республикэм и цIэр ягъэIунущ, и хъыбар яIуэтэнущ. Фи бэзэрхэм телъым и ныкъуэр, тыкуэнышхуэхэм я гугъу умыщIыххи, къыщагъэкIар республикэракъым. Ари ахъшэ къэлэжьыпIэм и зы Iыхьэщ, нэгъуэщI щIыпIэ къраш ерыскъыхэкIыр и уаситIкIэщ къызэрыфхуашэр, мис ахэр зыужьыныгъэм зэран хуохъу.
Физико-математикэ щIэныгъэхэм я кандидат, ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым и институтым и унафэщIым и къуэдзэ Къудей Валерэ и гугъу ищIащ я институтым зэфIигъэкI Iуэхухэм. Абы къыхигъэщащ институтым щрагъэкIуэкIа щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэм папщIэ грантибл, сом мелуан тхурытху хъууэ, къызэрыратар.
КъБР-м Спортымрэ туризмэмкIэ и министерствэм и къудамэм и унафэщI ТIымыжь Хъусен тепсэлъыхьащ ди лъахэм туризмэм зыщегъэужьыным ехьэлIауэ щыIэ лъэпощхьэпохэмрэ абыхэм я хэкIыпIэу илъагъухэмрэ.
— Урысей Федерацэр зэрыщыту къапщтэмэ, ди республикэр щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэмкIэ нэхъ къулейхэм ящыщщ. Ди щIыналъэр зэрыдахэм къищынэмыщIауэ, абы псы хуабэ (хущхъуэ) щыIэщ, Тамбукъан гуэлым и ятIагъуэр узыншагъэм дежкIэ сэбэпышхуэщ, зэнзэныпсу къыщIэж нарзаныпс хущхъуэр зэмылIэужьыгъуиплI мэхъу. Ди хьэуам и къабзагъымрэ мыбы хущхъуэгъуэ хэлъу къыщыкI удзхэмрэ а псом хэплъхьэжмэ, шэч лъэпкъ хэмылъу зэрыжэнэт щIыналъэр хьэкъ пщохъу. Иужьрей зэманым туризмэм егугъуу зрагъэужь. НобэкIэ ди республикэр хьэзырщ зыгъэпсэхуакIуэ къыхуеблагъэ цIыху мин 15-р игъэхьэщIэну. ТIымыжьым зэрыжиIамкIэ, икъукIэ зэран мэхъу республикэм къыщыхъу Iуэху мыхъумыщIэхэр.
Конференцым хэтхэр.
— Ди жагъуэ зэрыхъущи, иужьрей зэманым, ди лъахэм теIукIа цIэ жагъуэм зыгъэпсэхуакIуэхэр IуегъэщтыкI. Пэжыр жытIэнщи, нобэкIэ зызыщыбдзеин хуэдэ Iуэху республикэм щекIуэкIыркъым, ауэ хъыбар псоми я къигъэхъуапIэ Интернетым Къэбэрдей-Балъкъэрым теухуауэ фIы лъэпкъ «щызекIуэркъым». Зи цIэр зэ IейкIэ Iуа зыгъэпсэхупIэм куэдрэ цIыху къыпхуешэлIэжыркъым. Ауэ щыхъукIи, фIыр щынэхъыбэщ ди республикэм, — къытригъэзэжащ ТIымыжьым и псалъэхэм.
ЗэIущIэр махуитIкIэ екIуэкIащ. Конференцым хэта дэтхэнэми и Iуэху еплъыкIэр къигъэлъэгъуэну, лэжьыгъэм и пIалъэкIэ зэхъуэжэну Iэмал иIащ.
Щомахуэ Залинэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28391.txt"
} |
Зыхуей псор щагъуэтынущ
Газрэ электрокъарууэ къагъэсэбэпыр зыхуэдизыр къызэралъытэ Iэмэпсымэхэм теухуа- уэ тхыгъэ куэд къытIэрохьэ. Абыхэм ящыщу цIыхухэр нэхъыбэу зыщIэупщIэхэм жэуап къыхуэтлъыхъуэу дэ зыхуэдгъэзащ «Къэбэрдей-Балъкъэрым СтандартизацэмкIэ, метрологиемрэ гъэунэхуныгъэхэмкIэ и къэрал щIыналъэ центр» федеральнэ бюджет IуэхущIапIэм и унафэщI Шурдым Юрэ.
— Юрэ, газымрэ электрокъарумрэ я счётчикхэр къыщапщытэ хъунур дэнэ?
— Электрокъарумрэ газымрэ я счётчикхэр гъэсыныпхъэхэр езытхэмрэ ахэр къэзыгъэсэбэпхэмрэ уасэхэр зэрызэхуагъакIуэ Iэмэпсымэщ. Ахэр къапщытэну зи пщэрылъыр «Зэхуэдэу къэпщыныр къызэгъэпэщыным и IуэхукIэ» 2008 гъэм мэкъуауэгъуэм и 26-м къащта Федеральнэ закон №102-ФЗ-мкIэ а лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкIыну хуит ящIахэмрэ зи щхьэ хущытыж организацэхэмрэщ. Ди республикэм апхуэдэу щыIэр «КъБР-м СтандартизацэмкIэ, метрологиемрэ гъэунэхуныгъэхэмкIэ и къэрал щIыналъэ центр» ФБУ-рщ.
Къэпщытэныгъэр центрым и лабораторэхэмрэ щызэрагъэпэщыж мастерскойхэмрэ щрагъэкIуэкI: электросчётчикхэр — «Электрокъарур къыщыдагъахуэ центр» ГУП-м (Налшык къалэ, Рыбалкэ и цIэр зезыхьэ уэрам, 4), газ счётчикхэр — Май, Нарткъалэ, Прохладнэ, Налшык къалэхэм. Газ счётчикхэр зэгъэпэщыжынымрэ къэпщытэнымрэ а мастерскойхэм тхьэмахуитI-щыкIэ зэрыщыгувэм къыхэкIыу, ди центрым нэгъуэщI зыи къыщызэIутхащ. Абы газ Iэмэпсымэхэр щащэ, зы лэжьэгъуэ махуэм къриубыдэу ахэр щызэрагъэпэщыж, я техникэ щытыкIэм щыкIэлъоплъ икIи къыщапщытэ.
— ГазкIэ къызэзыгъэпэщ организацэхэм я лIыкIуэхэм щэхуакIуэхэм чэнджэщ ират счётчикым и щытыкIэр къыщапщытэн хуей пIалъэр икIамэ, абы лейуэ кIэлъамыгъэплъу, щIэкIэ яхъуэжыну.
— 2002 гъэ пщIондэ Белоруссием къыщыщIагъэкIа СГМН газ счётчик лIэужьыгъуэр илъэси 2 къэс кърагъэпщытэм хуэдэщ. Ахэр нэгъуэщIхэмкIэ яхъуэжмэ нэхъыфIщ. 2003 гъэ лъандэрэ ягъэхьэзыр а счётчик дыдэхэр иджы илъэси 8-м, Словакием щащI МКМ лIэужьыгъуэ псори илъэси 10-м тещIыхьащ. Илъэси 5 къэс кърагъэпщытэм хуэдэ лIэужьыгъуэхэри щыIэщ. Газ счётчикхэм я техникэ щытыкIэм кIэлъыплъыныр, къегъэпщытэныр щIэ къэщэхунымрэ гъэувынымрэ хуэзэм нэхърэ хуэдиплIкIэ зэрынэхъ пудыр къэплъытэмэ, и сэбэп зыхэлъыр езы цIыхум къыхихын хуейщ.
— Унагъуэхэм я газ счётчикхэр щIыб температурэр зыхуэдэм тещIыхьахэмкIэ яхъуэжыпхъэ?
— Ар нэхъ къызэращтэщ. Счётчикыр псэуалъэ хуабэм и кIуэцIым щыIэмэ, къагъэсэбэп газыр зыхуэдизыр абы къигъэлъагъуэм тету ятх. Ауэ щIыбым щагъэувын хуейр температурэр зыхуэдэм тещIыхьарщ. Апхуэдэ Iэмал ямыIэмэ, я счётчикым пIалъэ пыухыкIам къридзар температурэм и коэффициентымкIэ ягъэбагъуэ. Къэралым и дэтхэнэ щIыналъэми и температурэ коэффициентыр Техникэ Iуэхухэр зэхуэгъэкIуэнымрэ метрологиемкIэ (Урысейм и Пщалъэ) федеральнэ агентствэм егъэув.
— Пломбэхэм я щытыкIэм, счётчикхэм я лэжьэкIэм теухуауэ цIыхухэмрэ электрокъарур, газыр езыт IуэхущIапIэхэмрэ я кум зэдауэ къыдэхъуэмэ, хэт зызыхуагъэзэнур?
— Счётчикхэм тет пломбэхэм я щытыкIэмкIэ жэуаптакIуэр ар зейхэрщ. Абы къыхэкIыу, нэгъуэщIхэм дзыхь хуащI хъунукъым. Пломбэхэм я щытыкIэм е счетчикхэм я лэжьэкIэм псалъэмакъ къишэмэ, экспертизэ ирагъэщIын щхьэкIэ, «Къэбэрдей-Балъкъэрым и ЦСМ» ФБУ-м зыхуагъэзэн хуейщ. Счётчикыр къигъэувыIэну, къэпщытакIуэм и номерыр зытет пломбэ тригъауэу зэкIуэцIызылъхьэну хуитыр электрокъарурэ газкIэ къызэзыгъэпэщ организацэм и лIыкIуэрщ (кIэлъыплъакIуэрщ). Зейм илъагъуу счётчикыр къызэрытрахамкIэ акт ятх. Абы къыщагъэлъагъуэ счётчикымрэ ар зыкIуэцIалъхьам и пломбэмрэ я номерхэр, апхуэдэу къыщагъэувыIа дыдэм къридзар зыхуэдизыр. Счётчикыр зеймрэ къэпщытакIуэмрэ актым Iэ щIадз. «Къэбэрдей-Балъкъэрым и ЦСМ» ФБУ-м и IэщIагъэлIхэм счётчикым и лэжьэкIэмрэ пломбэхэм я щытыкIэмрэ къапщыта нэужь, зыхуэфащэ тхылъкIэ Iуэхур зэхагъэкI, пэжыр ягъэбелджылы.
— Iуэхутхьэбзэхэм хуэзэр къыщалъытэкIэ сыт хуэдэ тхылъхэра цIыхухэм нэхъыбэу ящIапхъэр?
— Дэтхэнэ зыми чэнджэщ изот газыр, токыр, псыр, хуабэр къызэраутIыпщ щIыкIэм теухуа зэгурыIуэныгъэхэр куууэ яджыну.
Зыкъытхуэзыгъазэхэм я упщIэ псоми жэуап тэмэм ягъуэтынущ. Абы папщIэ Налшык Елбэрдым и цIэр зезыхьэ уэрамым тет ди хэщIапIэм некIуалIэ е 74-06-17, 74-03-89 телефонхэмкIэ нэпсалъэ хъунущ.
Епсэлъар Хьэжыкъарэ Аликщ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28396.txt"
} |
Мылъкум ефIэкI хъугъуэфIыгъуэ
Сабийхэм я гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэ лъэхъэнэр къихьащ. ШколакIуэхэм я зэманыр купщIафIэу зэрырагъэкIуэкIыным гулъытэшхуэ щыхуащI Къэбэрдей-Балъкъэрым. ЦIыкIухэм я гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэм къызыхуэтыншэу зыщыхуагъэзыращ республикэм. Мы гъэм а Iуэхум къызэщIиубыдэнущ ныбжьыщIэ мин 25,5-рэ. Ар мини 2,5-кIэ нэхъыбэщ, нэгъабэрей бжыгъэм еплъытмэ.
Къэрал гулъытэр псом япэ зылъысынур сабий зеиншэхэмрэ бынунагъуэшхуэхэм щапIхэмрэщ. Апхуэдэу путевкэхэр яIэрыхьэнущ гъащIэм щытыкIэ гугъум иригъэува сабийхэми. Абыхэм Iэмал яIэнущ я узыншагъэм санаторэхэм, лагерхэм щыкIэлъагъэплъыну, зыщагъэпсэхуну. Апхуэдэ сабийхэм путевкэхэр пщIэншэу иратынущ.
ЩIэблэм я зыгъэпсэхугъуэ лъэхъэнэр тэмэму къызэгъэпэщынымрэ къызыхуэтыншэу егъэкIуэкIынымрэ мы гъэм хухахащ сом мелуан 217-м щIигъу. Нэгъабэ а Iуэхум трагъэкIуэда мылъкум еплъытмэ, ар проценти 5,9-кIэ нэхъыбэщ. Абы щыщу мелуани 180-р къэрал мылъкум къыхокI.
— Сабийхэр хъумэныр — властыр зэлэжь Iуэхугъуэ нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщщ. А унэтIыныгъэм епха лъэпощхьэпохэр наIуэ къэтщIым и мызакъуэу, ахэр гъащIэм щыгъэзэкIуэжыныр мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхущ, — къелъытэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен. — Гулъытэ хэха яхуэщIыпхъэщ бын куэд щапI унагъуэшхуэхэм. Ари мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэщ ди дежкIэ. Мыгувэу къэспщытэнущ сабийхэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ жэуаплыныгъэ зыхь дэтхэнэ IэнатIэми абыкIэ зэфIих лэжьыгъэр. Емыгугъуныгъэрэ фIэмыIуэхуныгъэрэ а унэтIыныгъэм щыздэнкIэ Iэмал иIэкъым.
КъБР-м и бюджетым къыщыгъэлъэгъуауэ, бынунагъуэшхуэхэм иратыж фэтэрыпщIэмрэ коммунальнэ Iуэхутхьэбзэмрэ абыхэм щIатым щыщ Iыхьэ. Апхуэдэу къэралым и нэIэм щIэтщ «2015 гъэм нэсыху Къэбэрдей-Балъкъэрым и демографие щытыкIэр егъэфIэкIуэным теухуауэ» республикэ программэ хэхар гъэзэщIэныр, сабий етхуанэ (еханэ…) зэзыгъэгъуэт унагъуэхэм сом мин 250-рэ етыныр, «Анагъэм и щIыхь» медалыр зыхуагъэфащэхэми зэ тыгъуэу ахъшэ саугъэт етыныр.
КъытщIэхъуэ щIэблэм яфI зыхэлъ Iуэхугъуэхэм я стратегие хэха щыубзыхуащ республикэм. 2012 — 2017 гъэхэм ятещIыхьа а унэтIыныгъэм къызэщIеубыдэ унагъуэ политикэри, гъэсэныгъэмрэ егъэджэныгъэмрэ епха Iуэхугъуэхэри, сабийхэм я щэнхабзэ зыужьыныгъэри, Интернет шынагъуэншагъэри, медицинэ Iуэхутхьэбзэхэр яхуэщIэнри, узыншэу, гупсысэкIэ тэмэм яIэу къэгъэтэджынри, нэгъуэщIхэри.
— Къэбэрдей-Балъкъэрым и сабий IуэхущIапIэхэм яIэ мылъку-техникэ лъабжьэр зыкъомкIэ нэхъ лъэщщ, гъунэгъу щIыналъэхэм еплъытмэ, — жеIэ Сабийм и хуитыныгъэхэмкIэ уполномоченнэу КъБР-м и Iэтащхьэм деж щыIэ Iуэгъуз Светланэ. — Абы къищынэмыщIауэ, Сабийм и хуитыныгъэхэмкIэ институтым и лIыкIуэхэм гулъытэ хэха хуащIащ Налшык дэт Республикэ сабий унэм щекIуэкI Iуэху зехьэкIэмрэ лэжьыгъэ бгъэдыхьэкIэмрэ. Ахэр ехъулIэныгъэ яIэу щагъэлъэгъуащ Сабийм и хуитыгъэхэмкIэ уполномоченнэхэм я 7-нэ зэхуэсу Уфа иджыблагъэ щекIуэкIам.
ПсапащIэ Iуэхухэр зэфIэхыным жэрдэмщIакIуэ хуэхъу цIыхухэм ящыщщ Къанокъуэ ФатIими. Абы и нэIэм щIэту республикэм щIэх-щIэхыурэ щокIуэкI махуэшхуэ псапащIэ акцэхэр. Мы гъатхэм Къанокъуэм Налшык дэт курыт школ №12-м къыщызэIуихащ Художественнэ, спорт гимнастикэмкIэ центр. Апхуэдэу Къанокъуэ ФатIимэ щIэх-щIэхыурэ макIуэ щIыпIэм щыIэ сабий унэхэм, зеиншэхэр щапI, зи узыншагъэм сэкъат иIэ цIыкIухэр здэщыIэ интернатхэм.
— Сэ псэкIэ спэгъунэгъущ сабий пIыным, зи ныбжь хэкIуэтахэм гулъытэ яхуэщIыным епха социальнэ Iуэхухэр, — жеIэ Къанокъуэ ФатIимэ. — ИгъащIэми къыддокIуэкI а хабзэр: балигъхэр сабийхэм ядэIэпыкъун, нэхъ къарууфIэхэм гуащIэмащIэхэм зыщIагъэкъуэн зэрыхуейр. ГъащIэр хуабагъэрэ IэфIыгъэкIэ зыхуэмыупсахэм я дунейр зэзэмызэ нэхъ мыхъуми гуфIэгъуэ махуэшхуэ ящыдгъэхъуфмэ, ар фIыгъуэшхуэщ абыхэм я дежкIэ. Абы къыхэкIыу сэ щIэх-щIэхыурэ сахуоблагъэ сабийхэм, зи ныбжьыр хэкIуэтахэм.
ЖыпIэнурамэ, сабиигъуэр, анагъэр хъумэныр зи къалэн IэнатIэ псо мэхъу республикэм щылажьэ апхуэдэ IуэхущIапIэхэр. Бын куэд щапI унагъуэшхуэхэм социальнэ дэIэпыкъуныгъэхэр ират. Сабиитху е нэхъыбэ зэзыгъэгъуэта икIи ахэр тэмэму гъэсауэ гъащIэм хэзыгъэувэфа анэхэм «Анагъэм и щIыхь» медалыр хуагъэфащэ, бын къэс сом мини 10 хуэзэу ахъшэ саугъэтри щIыгъуу. «Анагъэм и щIыхь» дамыгъэр зыхуагъэфэщахэм ящыщу быни 10 е нэхъыбэ зыпIахэм микроавтобуси ират.
Сабийхэр хъумэным и дунейпсо махуэри Iэтауэ щагъэлъэпIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым. А махуэм республикэм щекIуэкIащ цIыху мин 70-м щIигъу зыхэта щэбэт щIыхьэху. ПсапащIэ Iуэхум къыщалэжьа ахъшэр бынунагъуэшхуэхэм къахэкIа школакIуэхэм хуаутIыпщынущ, сабий къэс сом мин тIурытI яхуэзэу.
«Российская газета — Неделя» газетым къитхыжащ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28399.txt"
} |
Iуащхьэмахуэ уардэ
Гъатхэпэ мазэм щегъэжьауэ фокIадэм и 29 хъуху «Урысей 10» проект-зэпеуэшхуэ йокIуэкI. Телеканал «Россия 1»-мрэ ГеографиемкIэ урысей зэгухьэныгъэмрэ зэщIыгъуу «Россия 2», «Россия 24», «Москва 24», «Си дуней», «Къэрал» телеканалхэр, щIыналъэ КъТРК-р, «Вести FM», «Маяк», «Урысейм и радио» радиохэр, «Вести.RU», «Страна.RU» интернет-порталхэр, «Комсомольская правда» газетыр я щIэгъэкъуэну Iуэхур ирагъэжьащ.
ЗэпеуэмкIэ я мурадыр ди къэралым и щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэр, ухуэныгъэ хьэлэмэтхэр, Урысейм и тхыдэм епха щIыпIэхэр цIэрыIуэ щIынымрэ пщIэ хэха хуегъэщIынымрэщ, къэрал кIуэцI туризмэм зегъэужьынырщ, хамэ къэрал къикIыу зыгъэпсэхуакIуэ къытхуэкIуэхэм я бжыгъэр гъэбэгъуэнырщ.
Нэхъыщхьэращи, Урысейр щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэкIэ, щэнхабзэкIэ бей къэралыгъуэу зэрыщытыр хэIущIыIу щIынырщ, и цIэр жыжьэ гъэIунырщ. Урысейм и дамыгъэщIэу пщIы цIыхубэм къыхегъэхын — аращ къызыхураджэр.
НобэкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и напщIэ Iуащхьэмахуэ КИФЩI-м щыеплIанэщ.
Хэхыныгъэр щекIуэкIыр http://10russia.ru Интернет адресырщ. Зи хэкум пщIэ хуэзыщI дэтхэнэ ди лъахэгъуми игу къыдогъэкIыж Iуащхьэмахуэ папщIэ Iэ иIэтыну, ар Урысей Федерацэм и щIыпIэ нэхъ дахэ дыдэхэм хабжэным и гуащIэ хилъхьэну.
Щомахуэ Залинэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28403.txt"
} |
Ди щIэджыкIакIуэ лъапIэхэ!
Фигу къыдогъэкIыж 2013 гъэм и етIуанэ илъэс ныкъуэм къыфIэрыхьэну газетхэм, журналхэм Iэ тедзэныр зэрекIуэкIыр.
Илъэс ныкъуэм ди газетым и уасэщ сом 403-рэ кIэпIейкIэ 32-рэ.
«Адыгэ псалъэм» Iэ щытевдзэ хъунущ республикэм и пощт IуэхущIапIэ псоми.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28405.txt"
} |
Нобэ
1881 гъэм Пушкин А. С. и фэеплъ Москва къыщызэIуахащ.
1936 гъэм КъБР-м физкультурэмрэ спортымкIэ и республикэ комитет къызэрагъэпэщащ.
Драматург, АР-м щIыхь зиIэ и журналист Хъурмэ Хъусен и ныбжьыр илъэс 67-рэ ирокъу.
Тыркум щыщ адыгэ тхакIуэ, Нобель саугъэтым и лауреат Памукъ Орхьан и ныбжьыр илъэс 61-рэ ирокъу.
КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Тэтэр Анатолэ и ныбжьыр илъэс 61-рэ ирокъу.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 16 — 28-рэ, жэщым градус 14 — 16 щыхъунущ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28406.txt"
} |
Лъэпкъ псоми я усакIуэ телъыджэ
Дыгъуасэ къэралым ща-гъэлъэпIащ урысей поэзием и вагъуэ Пушкин Александр къыщалъхуа махуэр. УсакIуэм Налшык щыхуагъэува фэеплъым и деж пщэдджыжьым щызэхуэсащ КъБР-м и ТхакIуэхэм я союзым хэтхэр, Налшык къалэ округым и щIыналъэ администрацэм и лIыкIуэхэр, къалэм и библиотекэ зэгуэтым и лэжьакIуэхэр, тхылъыр фIыуэ зылъагъу нэхъыжьхэри нэхъыщIэхэри.
«Пушкиным и махуэу Урысейм щагъэлъапIэр — ар урысыбзэми и махуэшхуэщ,- жиIащ КъБР-м и ТхакIуэхэм я союзым и тхьэмадэ КхъуэIуфэ Хьэчим. — Иджырей урысыбзэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа усакIуэшхуэр поэзием и бзэкIэ Кавказым и хьэлэмэтагъыр, ди щэнхабзэр, ди псэукIэр япэ дыдэу зыIэта усакIуэхэм ящыщщ. Ар ипэжыпIэкIэ псоми фIы- уэ ялъагъу цIыхубэ усакIуэщ».
Пушкиным и усэхэм урысыбзэкIи, адыгэбзэкIи, балъкъэрыбзэкIи зэIущIэм къыщеджащ. Усэхэр нэхъыбэу зытеухуауэ щытар щIыуэпсым и дахагъэрщ, сыту жыпIэмэ 2013 гъэр Урысейм щагъэуващ дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэным и илъэсу.
ШАХМУРЗАЕВ Заурбэч.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28408.txt"
} |
Зыгъэпсэхугъуэ махуэм
Мелардырыбжэхэр
Ахъшэмрэ унагъуэмрэ
Дуней псом щынэхъ къулей Слим Элу Карлос теухуа хъыбарыр гъэщIэгъуэн зыщIыр абы и мылъкур и лэжьыгъэкIэ, щIэныгъэкIэ, гуащIэдэкIкIэ, текIуэныгъэм зэрыхуэпабгъэмкIэ къызэрилэжьыжарщ. Абы и щапхъэм дерсу къыхэхыпхъэр лэжьыгъэм хуиIа лъагъуныгъэм и гъащIэм щиIа увыпIэрщ, и адэ-анэм къыбгъэдалъхьа ущииныгъэрщ.
Слим Элу Карлос 1940 гъэм щIышылэм и 28-м Мехикэ къыщалъхуащ. Унагъуэм къахэхъуа сабийхэм ар еплIанэт. Къыхэгъэщыпхъэщ абы и адэр хьэрычэтыщIэ Iэзэу зэрыщытар. Ар Ливаным къикIыу Мексикэм къэIэпхъуэжа нэужь, хьэрычэтыщIэ Iуэху цIыкIу къызэIуихащ. ИкIи илъэсипщIым къриубыдэу и Iуэхур фейдэшхуэ къыхуихьу зэрызэтриублам нэмыщI, Мехикэ и кум бгъэIэпхъуэ мыхъу коммерцэ мылъку 11 къыщищэхуащ.
Унагъуэшхуэм я адэ бжьыфIэ, хьэрычэтыщIэ цIэрыIуэ Слим Дон Хулио къыщIэхъуа щIэблэр хуигъэсащ лэжьыгъэм лъагъуныгъэ хуаIэнымрэ мылъку зэхуэхьэсынымрэ. Уеблэмэ гъащIэм щынэхъыщхьэ дыдэр унагъуэм илъ зэхущытыкIэхэр арауэ ягуригъэIуащ.
Слим Элу Карлос псэукIэр егъэфIэкIуэным пасэ дыдэу хуигъэсащ и адэм. Хулио и бынхэр иджыри цIыкIуу тетрадь зырыз яхуигуэшри, къахэхъуэмрэ ягъэкIуэдымрэ ярыригъатхэу хуежьащ. ИужькIэ зэадэзэкъуэхэр зэгъусэу хэплъэжырти, къапщытэжырт. Апхуэдэ дерс къызэрыгуэкIым щIалэхэр хуигъэIущащ я мылъкум и щытыкIэр зэрагъэкIуэфу.
А илъэсхэм щыщIэдзауэ ахъшэ хъумэнымрэ ар зы Iуэху гуэрым хэлъхьэнымрэ и гъащIэм щыщ Iыхьэу къекIуэкIащ Карлос. И ныбжьыр илъэс 12 щрикъум акцэхэр къызэрищэху счет къызэIуихат абы. Илъэс 13 щыхъум и адэр дунейм ехыжащ.
ЩIалэм Мехикэ дэт Лъэпкъ автоном университетыр 1961 гъэм къиухащ, инженер IэщIагъэр зригъэгъуэтри. И ныбжьыр илъэс 25-рэ ирикъуауэ Grupo Carso и империер ухуэн щIидзащ.
Зи гугъу тщIы хьэрычэтыщIэм и дежкIэ зэман угъурлыуэ щытащ блэкIа лIэщIыгъуэм и 80 гъэхэр. А лъэхъэнэм ар унэтIыныгъэ куэдым щыцIэрыIуэ хьэрычэтыщIэт, къищынэмыщIауэ 1966 -1980 гъэхэм къриубыдэу компание зыбжанэ къызэIуихащ, IуэхущIапIэ лъэщ зыкъоми къищэхуащ.
1982 гъэм Мексикэм кризисышхуэ щызэщIэплъащ икIи хьэрычэтыщIэхэм я мылъкухэр псынщIэу ящэурэ къэралым икIащ. Акцэхэр улъэщIэмыхьэу пуд хъурт. Ар къигъэсэбэпри, Карлос къищэхуу щIидзащ уасэншэ хъуа компаниехэр. Мис аращ ар къулей дыдэ зыщIар — Карлос дежкIэ кризисыр апхуэдэу шынагъуэтэкъым.
1990 гъэхэм Слим фейдэшхуэ зыпылъ зэгурыIуэныгъэм Iэ щIедзри, Telmex (Telefonos de Mexico) телекоммуникацэ компание ехьэжьар зыIэрегъэхьэ. Дауэ жыпIэмэ, доллар мелард 12 зи уасэ а компаниер Карлос мелуан 400-кIэ къищэхуауэ щытащ. Куэд тепсэлъыхьащ а Iуэхум, къулыкъущIэхэри иужь ихьащ къэхъуар зищIысыр зэхагъэкIыну, къэралым и президентым дежи нэсащ. Ауэ зыри къикIакъым. ХьэрычэтыщIэ Iуэхур зебгъэкIуэным сэбэпышхуэ къыщыпхуохъу къулыкъу лъагэ зыIыгъхэр уи ныбжьэгъуным.
Апхуэдэ мылъкушхуэ зыкъуэлъ Слим Карлос Мексикэр «къезэвэкIыу» хуожьэри, дуней псор зэщIещтэ. Ар тыншу хозагъэ дунейпсо рынокым. Grupo Carso компаниер латиноамерикан къэрал псоми къыщацIыху. Абы активхэр къыщещэху Бразилием, Перум, Гондурасым, Аргентинэм, Колумбием, Сальвадорым…
Слим Карло и Iуэхухэм къадэкIуэу пщIэшхуэ хуищIырт и унагъуэмрэ бын гъэсэнымрэ. Абы и щхьэгъусэр 1999 гъэм дунейм ехыжащ, езым сабиих къыхуэнэри. Нэхъыжь дыдэращ иджыпсту Grupo Carso и унафэщIхэм я советым и Iэтащхьэр. Адрей Марко, Антонио, Патрик сыми адэм и Iуэхум пэрытщ.
Куэд хилъхьащ Карлос унагъуэ дахэ иIэным, икIи ахъшэракъым абыхэм ягъэнэхъыщхьэр. Дэтхэнэми пщIэрэ лъа-гъуныгъэрэ я зэхуаку дэлъыным зэрыцIыкIурэ хуигъэIущащ и сабийхэр. Ар зэи и мылъкум щысхьакъым псапэ щIэнымкIэ. Уеблэмэ зэман гъунэгъум Латин Америкэм и зыужьыныгъэм щIэгъэкъуэн лъэщ хуэхъуфынущ.
Мелардырыбжэм ахъшэшхуэ трегъэкIуадэ егъэджэныгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмрэ. Ар и щапхъэщ цIыху къулейхэм, ахъшэм имытхьэкъуахэм я щхьэр зыхуей зэрыхуагъэзэным къыщымынэу, мурадышхуэхэр зэрызыхуагъэувыжым. Апхуэдэ къалэн уи пщэм дэплъхьэжыныр зэранкъым, дунейр иригъэфIэкIуэнущи, уи лъэужь дахэ къэбгъэнэнущи, щытхъу пылъу уи цIэр къраIуэнущи.
Шыпш Даянэ.
ЧЕХОВ Антон
Хадэм
Адыгэбзэм и къару
Лолэ, илъэс тIощI зи ныбжь тхьэIухуд сырыху цIыкIур, хадэ бжыхьым кIэрытщи, абы теIулIа пхъэбгъум и жьэпкъыпэр трилъхьауэ, жэщым хоплъэ. Губгъуэ жыжьэри, Iэрамэурэ уафэм телъ пшэхэри, мафIэгу тедзапIэри, лъэбакъуипщI нэхърэ мынэхъ жыжьэу хадэм блэж псы цIыкIури Iуащхьэм къыкъуэкI мазэм и нур плъыжь-фIыцIафэм щIигъэнащ. Жьым ищIэн игъуэткъыми псыежэхыр егъэтхытх, удзхэмкIэ мэщхъыщхъ… Iэгъуэблагъэр щымщ… Лолэ мэгупсысэ… Абы и нэкIу дахэ цIыкIур зыкIэ нэщхъейщ, и нэм апхуэдизкIэ гукъеуэшхуэ щIэтщи, кIуэ, емыкIущ икIи гущIэгъуншагъэщ абы и гум щыщIэр къыумыгъэIуэтэну.
Лолэ дыгъуасэмрэ нобэмрэ зэрегъапщэ. Нэгъабэ гугъэ IэфIкIэ гъэнщIа мыпхуэдэ дыдэ накъыгъэ мазэ щIэращIэм, цIыхубз институтыр къиухырт абы. Ауэрэ и нэгу къыщIохьэж я класс унафэщI мадмуазель Морсо.
Сымаджэрилэрэ и гур иудауэ, шынэр зэи и нэгум щIэмыкIрэ и пэшхуэр къэпщIэнтIауэ зи гъащIэр езыхьэкI а псэущхьэ мыкIуэмытэм, а гъэм къэзыух хъыджэбзхэр сурэт ятрыригъэхыну ишат.
— Адыдыд, Тхьэм щхьэкIэ мыбыхэм цIыхухъу сурэт къевмыгъэлъагъу! — елъэIурт ар сурэттехым и къуэдзэ цIыхубзым.
ЕлъэIурт, и нэпсым къызэпижыхьауэ. И гъащIэм гъунэгъуу хъулъхугъэ зымыцIыхуа а шындырхъуо тхьэмыщкIэм дуней къутэжыгъуэр къэсам хуэдэу, и щхьэфэцым зиIэтт цIыхухъу нэпкъ-пэпкъ къызэрилъагъуу. Дэтхэнэ зы «псэхэхми» и пащIэ-жьакIэм къэгъазэ имыIэу жыхьэнмэ мафIэм ухэзылъафэ гурыфIыгъуэ IэфI хилъэгъуэфынут абы. Пщащэхэр Морсо делэм щыдыхьэшх щхьэкIэ, езыхэм ягухэри «гугъэхэмкIэ» кудахэти, ар зыгъэпIейтейр зыхамыщIэу къанэртэкъым. Абыхэм быдэу я фIэщ хъурт институт бжэщхьэIум къызэребакъуэхэу, адэ жьы хуегъэзэкIхэмрэ дзэм кIуэну зызыгъэхьэзыр дэлъхухэмрэ уакъыфIэкIмэ, зэрызехьэу усакIуэ щхьэцэхэр, зи фэ пыкIа уэрэджыIакIуэхэр, ауаныщI дыджхэр, хэкулI псэемыблэжхэр, зи мылъкур къыпхуэмыбжын мелуанырыбжэхэр къахузэпещэу щыту. Уи нэпсыр кърагъакIуэу бзэ IэфIхэрэ къыпщхьэщыжын хьэзыру, езыхэр удэзыхьэх защIэу… Хэплъыхь а гуп зэрызехьэми къыхэх! Лолэ, псалъэм папщIэ, шэч къытрихьэртэкъым институтыр къызэриухыу, Iэмал имыIэу Тургенев и тхылъхэм хэт щIалэхэми пэжымрэ зыужьыныгъэмрэ щIэбэн абыхэм ещхьхэми — роману хъуари, тхыдэ пасэри, ику итри, нобэрейри зэрытемыгъакIуэу зытепсэлъыхьхэм — зэрахуэзэнум.
Мы накъыгъэм Лолэ унагъуэ ихьакIэщ. Абы и лIыр къекIущ, къулейщ, щIалэщ, еджащ, псоми пщIэ къыхуащI. Ауэ а псом емылъытауэ ар (дауэ мы накъыгъэ щIэращIэм зыхуэбумысыжын) псэлъэкIэмыщIэщ, тIыгурывэщ икIи мышущ дэлъху мин плIыщI мышухэм хуэдэу*.
Ар сыхьэтипщI зэрыхъуу къоуш, хъэлат щетIагъэри, зиупсыну мэтIыс. Iуэхушхуэ зэфIигъэкIым хуэдэу зеупс, игури и псэри етауэ, телефон зэпкърилъхьэ фIэкIа умыщIэну. Зиупса нэужь, псы гуэрхэм йофэ, ари зы бэлыхь ищIэм хуэдэу. ИтIанэ зэщIэлыдэу гъэкъэбзарэ ету зытедза защIэкIэ зехуапэ, щхьэгъусэм и Iэм ба хуещIри шыгу зэщIэщIамкIэ лэжьакIуэ макIуэ. Абы щилэжьыр Лолэ ищIэркъым. ТхылъымпIэ гуэрхэр къритхыкI къудейрэ, мурад Iущхэр къылъыкъуэкIрэ е, хэт ищIэрэ, лэжьэгъухэр и IэмыщIэ илъу зригъакIуэрэ — гурыIуэгъуэкъым. СыхьэтиплIыр екIуэкIыу лэжьапIэм къокIыжри, зэрешамрэ къызэрыпщIэнтIамрэ щхьэкIэ тхьэусыхэурэ и щыгъыныр зэрехъуэкI. ИтIанэ шэджагъуашхэ ищIыну мэтIыс. Iэнэм бгъэдэсыху куэд ешх икIи къепсэлъ. Нэхъыбэу зытепсэлъыхьыр мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхухэращ. ЦIыхубзхэр зэрыдакъузэми къэрал мылъкур къыздикI-здэкIуэжми я гугъу ещI. Зыгуэр щхьэкIэ Англиер еуб, Бисмарк щотхъу. Газетхэми, дохутырхэми, актерхэми, еджакIуэхэми яхуэфащэ ялъос. «ЩIалэгъуалэр егъэлеяуэ мыхьэнэншэ хъуащ»! Зэ шхэгъуэм Iуэхугъуищэ зэхегъэкI. Ауэ псом нэхъ бампIэгъуэращи, хьэщIэ къыдэшхэхэр а цIыху гугъусыгъум къедаIуэурэ къыдожьу. А делагъэрэ гупсысэ мыфэмыцрэ фIэкIа къызыжьэдэмыкIыр хьэщIэу хъуам нэхърэ нэхъ губзыгъэу къыщIокIри, псори зыфIегъэлIыкIыф.
— ДиIэжкъым дэ иджы тхакIуэфI! — мэщатэ ар шэджагъуашхэ къэс, икIи а гупсысэр абы тхылъхэракъым къыздрихар. Ар зэи зыри еджэркъым — тхылъи газети. Тургеневымрэ Достоевскэмрэ зэхегъэгъуащэ, хъуэрыбзи гушыIи къыгурыIуэкъым. Зэгуэр Лолэ и чэнджэщкIэ Щедрин еджати, «мыгурыIуэгъуэу» тхэуэ къилъытащ.
— Пушкин нэхъыфIщ, си псэм хуэдэ… Пушкин дыхьэшхэн куэд иIэщ! Сэ сыкъеджащ… сощIэж…
Шэджагъуэ нэужьым ар пырхъуэм тохьэ, шэнтжьей щабэм йотIысхьэри, и нэхэр щIригъэлъафэу гупсысэн щIедзэ. КIыхьу, хэплъэу, зэхэуфауэ, и натIэхэр зри-гъалъэу мэгупсысэ. Лолэ ищIэркъым ар зэгупсысыр. Абы ищIэращи, сыхьэтитIкIэ акъыл игъэхъея нэужьи, ар зыкIи нэхъ губзыгъэ мыхъуауэ жиIэ хабзэ делагъэ дыдэхэм тохьэж. Пщыхьэщхьэм куэзыр мэджэгу. Набдзэгубдзаплъэу. КIуэгъуэ къэс фIыуэ йогупсыс икIи къыдэджэгур щыуэмэ, макъ гъэхуакIэ тэмакъкIыхьу куэзыр джэгун зэрыхуей щIыкIэр къыгурегъаIуэ. Куэзыр нэужьым, хьэщIэхэр зэрыкIуэжу, псы гуэрым йофэри зэрыхущIэмыхьэр и нэкIум къищу мэгъуэлъыж. ЩыжейкIэ мывэм хуэдэу сабырщ. Зэзэмызэ мэIуэщхъу жумыIэмэ. Ауэ къиIуэщхъури мышущ.
— КъэувыIэ! КъэувыIэ! — шыгухум еджэу къыхэкIиикIащ ар, хьэгъуэлIыгъуэм къыкIэлъыкIуэ жэщым.
Жэщ псом къокъуалъэ. И пэ кIуэцIри, и бгъэри, и ныбэри къокъуалъэ…
Аращ Лолэ хужыIэнур и лIым теухуауэ. Иджы ар хадэ ихьэпIэм деж щытщ, абы йогупсыс, илъэгъуа цIыхухъу псоми ирегъапщэри, псом нэхърэ нэхъыфIу къелъытэ, ауэ, сыт-тIэ абы щхьэкIэ. Мадмуазель Морсо и дунейкъутэж гужьеикIэм ар нэхъыбэжкIэ игъэгугъэрт!
ЗэзыдзэкIар
Чэрим Марьянэщ.
* «Сэ ар дэлъху мин плIыщIым зэралъагъуфыным нэхърэ нэхъыфIу слъагъурт». (Шекспир У., Гамлет).
Си бзэ — си псэ, си дуней Къуажэм щокIуэкI зэпеуэ дахэ. Абы хэтщ Ацкъан Руслан, ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, Уэхъутэ Александр, IутIыж Борис, Чурей Алий сымэ. 2003 гъэ
Шхыныгъуэхэр
ДжэдыкIэрэ бжьынрэ зыдэлъ хьэлывэ
ДжэдыкIэр ирагъэвыкI, цIыкIу-цIыкIуу яупщIатэ, хъурейуэ упщIэта бжьын цIынэ, шыгъу щабэ, шыбжий сыр, бурш, джэдгын, шатэ халъхьэри, джэдыкIэр ямыпIытIын щхьэкIэ хуэсакъыурэ зэIащIэ. ИтIанэ пщагъэ зыхэлъ тхьэвыр пIащIэу яху, далъхьэнур тралъхьэ. Тхьэв кIапэр хъурейуи, плIимэуи, мазэ ныкъуэм ещхьуи зэтебгъапщIэ хъунущ. Тхъу зыщыхуа тебэм зэтегъэпщIапIэр къыдэгъэзеяуэ иралъхьэри, хьэзыр хъуху, да-къикъэ 18-20-кIэ, хьэкулъэкIэ ягъажьэ.
Халъхьэхэр:
Тхьэвым:
Гуэдз хьэжыгъэу — грамм 500
Псыуэ — грамм 250-рэ
Пщагъэу — грамм 20
Шыгъуу — грамми 10
Хьэлывэм дэлъынур:
ДжэдыкIэу- 7
Бжьын цIынэу — грамм 200
Шатэу — грамми 100
Шыгъуу, шыбжийуэ, буршу, джэдгыну, тебэщыхуэу — узыхуейм хуэдиз.
Лэпс зэщIэт, мэлыл, джэш, кIэртIоф хэлъу
Мэлылыр яупщIатэ е зэпауд г 100-150-рэ хъууэ, псы щIакIэри ятхьэщI. Лыр шыуаным иралъхьэ, псы щIыIэ щIакIэри, мафIэ иным тету зэ къытрагъэкъуалъэ, тхъурымбэр къытрахыурэ. МафIэр цIыкIу ящIри дакъикъэ 20-25-кIэ ягъавэ, тхъурымбэр къытрахыурэ. ИтIанэ абы халъхьэ джэш ныкъуэвэ, шыгъу хадзэ, шыуаныщхьэр трапIэри, мафIэ щабэм тету дакъикъипщI-пщыкIутI хуэдизкIэ ягъавэ. Абы халъхьэ щимэ цIыкIуурэ упщIэта кIэртIоф, шыуаныщхьэр трапIэжри, хьэзыр хъуху ягъавэ. Хьэнт- хъупсыр хьэзыр хъуным дакъикъитху-хы фIэкIа имыIэжу бжьыныху, шыгъу, шыбжий сыр халъхьэ. Хьэзыр хъуа хьэнтхъупсым джэдгын хаудэри, и щхьэр тепIауэ дакъикъи 5-6-кIэ щагъэт. Пщтыру фалъэ куукIэ Iэнэм трагъэувэ. ЩIакхъуэ, чыржын, пIастэ щIыIэ дашх.
Халъхьэхэр (зы цIыху Iыхьэ):
Мэлылу — грамми 150-рэ
Лыр зэрагъэвэну псыуэ — грамм 600
Джэшу — грамм 30
КIэртIоф укъэбзауэ — грамм 50
Бжьыныхуу — грамм 20
Шыгъуу, шыбжийуэ, джэдгыну — узыхуейм хуэдиз.
Къубатий Борис.
ЦIыхушхуэхэм я гупсысэхэр
ГъащIэм и IэфIыр
Дэтхэнэ зы гъащIэри сурэтщ. Адэ-анэм сурэтыр зытетщIыхьынур къыдат, гъащIэм — зэрыдгъэувэну къупхъэр тхуегъэхьэзыр, цIыхубэм лэчхэр къытхуагуэш, дэ езым сурэтыр дощI.
Миллер Тарас.
ГъащIэр гъуэгум ещхьщ: нэхъ кIэщI дыдэр нэхъ фIейщ, кIыхь дыдэри къабзащэкъым.
Бэкон Френсис.
ГъащIэм зэхъуэкIыныгъэ къыщыщыхъур акъылым гупсысэщIэ гуэр къыщихьам и дежщ.
Экман Пол.
Пэжыр къыбгурыIуэныр, дахагъэр зыхэпщIэныр, фIым ухущIэкъуныр — мис аращ гъащIэ IэфIым и лъабжьэ хъужыр.
Платен Август.
Дэтхэнэ дакъикъэми купщIэ тэмэм езытыфращ зи гъащIэр къызыхупищэр.
Курц Изольдэ.
ГъащIэм и кIэщIагъыр къэпщIэн щхьэкIэ куэдрэ упсэун хуейщ.
Шопегауэр Артур.
ФщIэн папщIэ
Лимоныр сэбэпщ
ШхапIэхэм щылажьэхэм лимоныр куэду къагъэсэбэп. Уеблэмэ, абы и фэри шхыным халъхьэ. Абы и сэбэпынагъыр къэфлъытэу, фэри а щапхъэм фытет хъунущ.
Лимоныр ятхьэщIри, щIыIалъэм далъхьэ. Ар щта нэужь, къыдахри, ятхъунщI.
Лимон тхъунщIар хэплъхьэ хъунущ хадэхэкIхэм къыхэщIыкIа салатым, мороженэм, хьэнтхъупсхэм, макароным, прунжым, бдзэжьейм къыхэщIыкIа шхыныгъуэм, нэгъуэщI куэдми.
Лимоным шхыныр зэригъэIэфIым къищынэмыщIауэ, сыт хуэдэ сэбэпынагъ пылъыр! Къэбгъэлъагъуэмэ, лимоныфэм витамину хэлъыр проценти 5-10-кIэ нэхъыбэщ, лимоныпсым хэлъым нэхърэ. КъищынэмыщIауэ, лимоныфэр антиоксидант лъэщщи, ари зыщывмыгъэгъупщэ.
ГЪУКIАКЪУЭ Идар,
ГЪУКIЭЛI Салимэ.
Псалъэзэблэдз
ИхъуреягъкIэ къикIухьу: 13. Iэщым я шхын. 14. ПшахъуэщI. 15. Лъахъстэн вакъэ пIащIэ. 16. Сату хуэIухуэщIэм хуащIа унэ. 17. Шым и «вакъэ». 18. КIыщокъуэ Алим и «Мазэ ныкъуэ щхъуантIэ» романым хэт щIалэщIэ. Е Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыхь зиIэ и артист, ЩоджэнцIыкIум и цIэкIэ щыIэ адыгэ драмтеатрым и джэгуакIуэ … Рэмэзан. 19. Уэшх къемышхыу зэман кIыхь щыдих лъэхъэнэ. 20. Уафэ лъащIэм къыщыунэхуу напIэзыпIэм кIуэдыж. 21. ЛъагапIэ. 22. Джабэм къех шыгур нэхъ хуэм зэращI. 23. Iэщэ. 24. Хьэлу, хьэтыкъ, мэжа-джэ… 25. БегъымбарыцIэ, цIыхухъуцIэ. 26. Хьэпщхупщ. 27. Адыгэ псалъэжьым зэрыжиIэмкIэ, лъхукъуэлIыр бгъэкIэсмэ, ар уфIиубыдынущ. 28. Iэщ пIащэ: къэгубжьауэ зыпэщIумыгъахуэ — бжьакъуэпэкIэ узэрихьэнщ. 29. Зиусхьэн лъэпкъ. 30. ЩыпсалъэкIэ зэIынэ. 31. … щхьэнтэ. 32. Шым и кIуэкIэ. 33. Ди къэралым и ищхьэрэ щIыналъэмкIэ Iэжьэм щыщIащIэ псэущхьэ. 34. ХадэхэкIым зэран хуэхъу удзыжь щхьэ гъуэжь. 35. ЩIылъэми псыми щопсэуф. Хуэм дыдэу фIэкI зекIуэркъым. 36. ЗыщагъэпскIын е бдзэжьей щагъэхъун папщIэ къратIыкIыу псы зрагъэлъэда мащэшхуэ. 37. Адыгэ IуэрыIуатэм къыхэщыж цIыхубз пелуан. 38. Бжэныфэм къыхэщIыкIа къэп. 39. Жэмтхьэлэ щыщ адыгэ генерал. 40. 2008 гъэм Китайм щекIуэкIа дунейпсо Олимп зэхьэзэхуэхэм дыщэ медаль къыщызыхьа адыгэ щIалэ. 41. Пасэрей гъущI пыIэ. 42. ХьэщIэу къытхуеблагъэхэм ди щIыпIэ телъыджэр … щIыналъэу къалъытэ. 43. Къэхъуну-къэщIэнухэр къыбжезыIэф цIыху Iущ. 44. … и жапIэр езым къегъуэтыж. 45. АдыгэцIэ зезыхьэ къалэ, нэгъуэщI республикэм щыщу. 46. Пшэ … е мэз … 47. Хадэм щагъэкI удз лIэужьыгъуэ, шхынхэлъхьэ. 48. ЦIыху жейм е сымаджэм къыжьэдэкI псалъэхэр. 49. Адыгэ таурыхъхэм узыщрихьэлIэ щIалэ Iущ, иныжьхэм ебзэджэкIыу. 50. Адыгэ усакIуэ цIэрыIуэ.
И кумкIэ кIуэуэ: 1. Iэщхэм я тхьэ. 2. Хьэм къупщхьэкIэ уеуэкIэ… 3. Дин лэжьакIуэ, муслъымэн хабзэм тет хеящIэ. 4. ЩIыпIэ сэтей, тафэ. 5. Адыгэ тхакIуэ Къашыргъэ … 6. Хабзэншагъэу, щыхьэтыншэу зэIэпах ахъшэ. 7. Фадэ гуащIэ. 8. Налшык щыпсэу уэрэджыIакIуэ, Къэрэшей-Шэрджэсым и цIыхубэ артист. 9. Бзу … 10. Нэзым къиубыдыр. Е Iэшэлъашэ, Iэгъуэблагъэ. 11. Удз пыупщIа сатыр. 12. «… бэлътокур уей, жи, уей, Iэгум йокIуадэр …» — уэрэд цIэрыIуэм щыщщ.
Гу зылъытапхъэ: ихъуреягъкIэ къэзыкIухьхэм зы псалъэм и кIэухыр къыкIэлъыкIуэм и щIэдзапIэщ. Щапхъэ: мэш-шыгъу-гъуэз.
Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ
Мэкъуауэгъуэм и 1-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
ИхъуреягъкIэ къикIухьу: 13. Щыкъу. 14. Къуентхъ. 15. Хъэуан. 16. Нэху. 17. Хугу. 18. Гуэбэн. 19. Нэбгъэф. 20. Фошыгъу. 21. Гъуэгу. 22. Гуэщ. 23. Щауэкъуэт. 24. Тощ. 25. Щэрмэт. 26. Тхьэгъэлэдж. 27. Джынасу. 28. Арджэн. 29. Нартан. 30. Нал. 31. Лэ-къум. 32. Мылыф. 33. Фэдэн. 34. Ныш. 35. Шыд. 36. Ду. 37. Уэщ. 38. Щиху. 39. Хуэ- щкъым. 40. Мыхъур. 41. ЧыцI. 42.ЦIэфэщ. 43. Щэбэт. 44.Топ. 45. Пэу. 46. Уэх. 47. Хамэгу. 48. Гулъ. 49. Лъей. 50. Къру. 51. Уд. 52. Дарий.
И кумкIэ кIуэуэ: 1. Деур. 2. Гъэсашэ. 3. Пэгун. 4. Анэл. 5.Хьэлыуэ. 6. Мыщэ. 7. Мащэ. 8. Джэрыджэ. 9. Лъэпщ. 10. Дэлъху. 11. Нэмыплъ. 12. Даур.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28412.txt"
} |
Зи псалъэр ныкъуэжыIэу къэна
Гранадэм километри 8-кIэ фIэкI пэмыжыжьэ Виснар къуажэм и гъунэгъуу 1936 гъэм щаукIащ Испанием и усакIуэшхуэ дыдэ Федерикэ Гарсиа Лоркэ. Пушкин хуэдэ нэгъуэщI усакIуэ щэджащэхэми ещхьу, ари гъащIэ кIэщIт.
Федерикэ Гарсиа Лоркэ (1898 - 1936 гъгъ.) Федерикэ Гарсиа Лоркэ 1898 гъэм мэкъуауэгъуэм и 5-м Гранадэм пэмыжыжьэу Фуэнте Вакерос («Iэхъуэ IункIыбзэ») андалуз къуажэм къыщалъхуащ.
Лоркэ и ныбжьэгъуу щытахэм зэраIуэтэжамкIэ, ар и усэхэр тригъэдзэну пIащIэртэкъым: тхылъ напэкIуэцIым щынэсам деж, усэм и псэр щIэкI хуэдэу абы къыщыхъурт. Ауэ Федерикэ Гарсиа фIэфIт абыхэм къеджэну, къыщелъэIухэм дежи и гуапэу утыку къихьэрт. Апхуэдэ дыдэуи и усэхэр зыгуэрхэм яритырт, уеблэмэ ахэр зытетха тхылъымпIэ кIапи езым къызыхуимыгъэнэжу.
Нэхъыбэхэм деж зэрыхабзэу, прозаикхэм я литературэ лэжьыгъэр усэкIэ къыщIадзэ. Испан усакIуэ цIэрыIуэ хъунум къызэрыщIидзар прозэкIэщ. «Къызэрысщыхъуахэмрэ дунейм и плъыфэхэмрэ» зыфIища гъуэгуанэ тхыгъэхэр зэрыт тхылъым щызэхуэхьэсат езыр щалъхуа къэралыр къыщызэхикIухьым илъэгъуахэмрэ ахэр къызэрыщыхъуамрэ. Тхылъыр япэ щIыкIэ Гранадэм 1918 гъэм, иужькIэ 1921 гъэм и гъатхэм Мадрид къыщыдэкIащ. А зэманым Лоркэ Студент Резиденцэм и университет щхьэхуит жыхуаIэм щыпсэурт. Федерикэ Гарсиа и зэфIэкIым драматургиеми щеплъыжащ, ауэ къехъулIакъым итха пьесэр — «Хьэндырабгъуэм и удыгъэр». Пьесэр къемыхъулIами, абы хэплъагъуэрт усыгъэм и къаруушхуэ зэрыхэгъэпщкIуар. А гъэ дыдэм Лоркэ къыдигъэкIащ и япэ «Усэ тхылъыр». ИужькIэ къыкIэлъыкIуащ «Канте хондо теухуа поэмэр» (1921), «Уэрэдхэр» (1924). Абыхэм IупщIу къахоIукI усакIуэм езым и макъ лъэщ зэриIэжыр.
Лоркэ и псалъэр ныкъуэжыIэу зэпыудащ. УсакIуэр хунэсакъым итха псори къыдигъэкIыну. Дуней псом щикъухьащ Лоркэ итхауэ щыта письмохэр, абыхэм куэдрэ дилъхьэрт и тхылъхэм хэмыхуа Iэрытххэр…
«Лъагъуныгъэ кIыфIым и сонетхэр» кIуэдауэ ялъытэрт. Езы усакIуэр ямыукI щIыкIэ жиIэгъащ а тхылъым сонетищэ зэритынур.
Сонетхэм ящыщ зым мыпхуэдэу Лоркэ щыжиIащ: «ГуфIэгъуэ нэхъ нэщхъей дыдэр — усакIуэу ущытынырщ. Адрейхэр зыми щыщкъым. Уеблэмэ, ажалри».
АБЗУАН Пщымахуэ.
Федерикэ Гарсиа Лоркэ и усэхэр
Гъатхэ уэрэд
1
ЦIыкIухэр зэрызехьэу, нэжэгужэу,
ЕджапIэм къызэрыщIохыжыр.
Я макъ жьгърухэр и хьэуам хишыхьу,
Мэлыжьыхь мазэр абы къаподжэжыр.
Мэ щIэщыгъуэ дахэкIэ уетхьэкъур
Мы пщыхьэщхьэм!
ЦIыкIухэм щIэдэIу уэрамри
мэщхьэукъуэ,
Макъ нэжэгужэм пщIыхьыфI
къыщхьэщихьэу.
2
КъыщызокIухьыр пщыхьэщхьэм
Жыг хадэ гъэгъакIэ къэтIэпIым.
Нэщхъеягъуэу гухэщI къысхуэзыхьыр
Къыщызгъэнагъэнущ зыщIыпIэ.
Зэманыр ящыгъупщэжауэ
Кхъэжьым щIэлъ щхьэкъупщхьэхэм,
ЩхъуантIагъэм щIыр исеижащи,
Уэру гъэгъар ящхьэщогъуалъхьэ.
ШыкIуртIымщэхур
Сабэм егъэтхьэхур.
Удз щхъуантIэр
Щыуфафэ тафэм
Топлъызэ щхьэкъупщхьэм
Я нэщIащэ нэфхэр.
Уи берычэтым ущымысхьу
Мэлыжьыхьым псыи вагъуи
къытхубохьыр.
Мы дунеишхуэм и нэ кугъуэм
ЩызэщIэгъанэ дыщэ абгъуэр!
Щэхухэр щыгъэпщкIуа псэхэр
ЩыIэщ псэхэр, щыгъэпщкIуауэ
щэхухэр:
Пшэплъ ужьыхыжахэр,
Вагъуэ щIыхухэр,
Зэманым тхьэмпэ къыпыхуахэр.
ЩыIэхэщ нэгъуэщI псэхэри,
Щыпсэухэу
ГурыщIэ гуащIэхэр,
ХьэпIацIэуахуэхэу
Хэлъу пхъэщхьэмыщхьэм.
Дунейр уэлбанэу къызэIыхьэм
КъыхоIукI
Джэрпэджэжым и макъ яукIауэ,
Бари гызри IэщIэгъупщыкIауэ
Ежэхащ, лъагъуэр фIыцIэу
КъызэринэкIыу.
Куэд щIащ си псэр
Зэримытыжрэ балигъыпIэм,
Щэху зэхэтхъуахэм я гупсысэм
ИгъэбампIэу.
Iэджэ щIауэ ещIэр си балигъыпсэм
Щэху зэIумыбзхэм зэрагъэхыщIэр
си гупсысэр.
ЩIалэгъуэм игъэва бэлыхьхэр
Мывэ зырызурэ къытохуэжри
гущхьэм,
Мывэ къэсыхукIэ мыр кърелъхьэ
си щхьэм:
«ИкъукIэ упэжыжьэщ уэ Алыхьым».
Щхьэмыж
И пIалъэр къэсакIэщи щхьэмыжым,
IэкIуэлъакIуэу ар къехыжыр гъубжэм.
МащIэу и щхьэр игъэщхъауэ, щихур
Акъужьым йоIущащэ щэхуу.
Зы закъуэщ щхьэмыжыр иджыпсту
зыхуейр:
Тыншыгъуэ къезытын
даущыншагъэщ,
Япсыхьащи ар и бзийхэм дыгъэм,
ХъуэпсапIэ къэушахэмкIэ доплъей.
Ирагъэшауэ Iэуэлъауэм, нэхум,
Къурш щхъуантIэхэм я щIыб
дохьэжыр махуэр.
Сыту пIэрэ апхуэдизу, и налъэ
къэсыхун къызэщIигъаплъэу,
Щхьэмыжыр гупсысэ хэзыгъаплъэр?
Хэт и макъамэ, къыхэIукIыу
нэщхъеягъуэр,
Пшыналъэ хьэлъэу
щхьэщыгъуалъхьэр губгъуэм?..
Бзу ешахэм ещхьщи, щхьэмыжхэм
ЯлъэкIыркъым заIэту лъэтэжыну.
Дыщэм къыхагъэжыкIа гулъу
ПIейтеиншэщ я нэгу узыIуплъэр.
Аргуэрыжьщи, и лъэдийр иухуэу,
Йогупсысыр мы дунейм и щэхум.
И теплъэ дыщафэу узыIуплъэр
Щхьэмыжым къыхихащ щIыгулъым,
Дыгъэм и бзийхэр, бжьэ къэпщIауэ
КъытепщIэрапщIэу, хуабэкIэ
ягъэнщIыу,
Нэщхъей дэрэжэгъуэкIэ сывгъэнщIыу,
Щхьэмыжхэ, фыкъыдохьэхэр сигу
лъащIэм!
ФыкъыпхыкIыжри пасэрей зэманым,
Фи макъыр щывгъэIуащ КъурIэным;
ЗэщIэжьууэу фогъэIур пшыналъэр,
Щымагъ жыжьэхэм я Iэр
къывдалъэм.
Я ныбэ изу цIыхухэр вгъэшхэн
щхьэкIэщ,
Зыми фемыблэжу фыкъыщIэкIыр.
КъигъэкIыну химысами зыми,
Хьэкъыршри губгъуэм щокI
езыр-езыру.
Фыхуэдэщ гъэрыпIэм ис дыщэ
гъэжам,
Мэзым къыщокI гъэгъа узыгъэжейр.
Дунейм къытохьэри, щхьэмыжыр
ЦIыхур псэун щхьэ езыр йохыжыр.
Губгъуэ
Яжьафэщ уафэм и теплъэр,
Жыгхэм хужьу уаIуоплъэр.
Ягъэсщ- пагъэкIри гъащIэм,
ФIыцIабзэу къэнащ фIамыщIыр.
Тегъуэжауэ уIэгъэм лъыр,
Хохьэжыр жэщым пшэкIэплъыр.
ТхылъымпIэ плъыфэншэу
ЯушкIумпIыжащ къурш тхышэр.
Гъуэгу напщIэхэм,
КъуэкIий куухэм я лъащIэхэм
ЗыщагъэпщкIур сахуафэ сабэхэм.
Псыежэх цIыкIухэр мэутхъуэ,
ПIейтейуэ мэжей архъуанэр,
Жэмым пщIэхэлъ уэзджынэр
Мэзу, темыгушхуэу, шынэу.
Псынэми и шкIурэ макъыр
Мэужьыхри, щыму мэдыкъыр.
Яжьафэщ уафэм и теплъэр,
Жыгхэм хужьу уаIуоплъэр.
Жыгхэр
Жыгхэ,
ФыкъыщIэхури уафэм и лъащIэм,
Шабзэшэ абрагъуэу фыкъытехуахэщ
щIым.
Хэт шабзэшэхэр къезыдзыхыр
шынагъуэу?
Я Iэужьу пIэрэ ахэр вагъуэм?
Фи макъамэм щоушэ бзухэм я псэр,
Алыхьыр къыфхуоплъыхыр,
фрищIасэу,
КIыщым щIэт шэдыбжьри фхуоусэ.
Жыгхэ!
Сигу мы щIылъэм щыпсэур
КъацIыхуфыну уи къуэпсхэм?
Налкъутналмэс
Вагъуэ папцIэм, налкъутналмэс
къыпфIэщIу,
ХъуаскIэр пылъэлъу пхесыкI уафэ
лъащIэр,
Бзу, гъэру щаIыгъар нэгъуэщI дуней,
Хуит къэхъужу къэлъэтэжа нэхъей.
Хуитыныгъэм щIэхъуэпсрэ щыгъуэу,
Епхауэ зэрыса абгъуэ абрагъуэм
КъикIыжауэ, къыпэщIэхуэмкIэ
егъэшыр,
КъыгурымыIуэу быдэу зэрепхар
ар хьэршым.
НэгъуэщI дунейхэм я щакIуэхэр
Хьэршым щызокIуэ ещакIуэхэу
Даущыншагъэм, нэхум я гуэл
щхьэфэхэм
Щхьэхуиту тесыкI къыу дыщафэхэм.
Щиху жыгыщIэхэр макъкIэ ину
Алыфбийм къызэдоджэхэр.
Итрыгъум нэса щиху жыгыжьырщ,
И къудамэхэр дэсысу акъужьым,
ЖыгыщIэхэр езыгъаджэр.
Иджы бгы лъагэ жыжьэ задэм
КIэн щыджэгу хъунщ хьэдэхэр:
Яхуэмыхьыжу, зэшу
Iуэхуншэу хэлъыну хьэршым!
Хьэндыркъуакъуэ, къыхэдзэ уэрэдыр!
НэщIэпкIэ, къытехьэ дунейм!
Даущыншагъэр зэпывуду,
Хуиту къэвгъаджэ фи бжьамийр!
Унэм сыкIуэжу сытохьэжыр гъуэгум,
Зыгуэрым щхьэкIэ мэгузасэ си гур.
Си бзу цIыкIухэр щIэпIейтей мы си
псэр шынэу.
ЩIэплъыпIэм жыжьэу уафэ джабэм и
псыкъуийм
ЙотIысхьэжыр махуэ нэхум и
гуэгуэныр!
Дыгъэр къухьэжащ
(1920 гъэм и шыщхьэIу)
Дыгъэр къухьэжащ. Жыгхэр
Сыну нэщхъейуэ зэхэтхэщ.
Хьэжэн иухыу къэувыIэжа щхьэл
шэрхъ Iуэхуншэу,
Хьэсэхэм захузыр даущыншэу!
Гузэгъэгъуэ зимыIэжыр
Нэхущвагъуэрщ.
Къилъэгъуа пфIэщIынущ мыIэрысэ,
Зэи зым и ба лъэмыIэсауэ.
Гъэмахуэку дахэм и Пегасу,
Аргъуейм къыщалъэтыхь уэсэпсым.
Мазэгъуэм уэру кърикIут бзийр
Пенелопэ зэIуища дарийщ.
«Жей,
Дыгъужьым сыкъеджэну ухуэмейм!»
Мэл анэм
Щынэр егъэшынэ.
«Иджыри куэдрэ къимыхьэу,
Дежьэн хуейуэ пIэрэ бжьыхьэм?» —
Гъэгъа хуэлэжыр щхьэхынэу
мэхущхьэ.
Мыгувэу, дыгъэр къуршым
зэрыщхьэдэхыу
Къыдыхьэжынущ Iэщыхъуэхэр.
ЦIыкIухэм щIадзэнущ бжэIупэм
щыджэгуу,
Лъагъуныгъэм и уэрэд нэщхъейуэ
къинэжахэр я гум
Блыныжьхэм къыхадзэнущ нэсу уэгум.
КъэгъэшыпIэм
Сыхуейщ згъэзэжыну сабиигъуэм,
Сабиигъуэм адэкIэ — пшагъуэщ.
Сэлам зэтхыжын, бзуущхъуэ?
Узыншэу! Си ужьыр махуэ пхухъу!..
Сэ сыхыхьэжынщ кIыфIыгъэм,
Удзыр щыгъагъэм сынэсын си гугъэу.
Сэлам зэтхыжын, мэ гуакIуэ?
НэпIащIэ…
Укъыхихыну жэщ удзым и гъэгъам,
АдэкIэ, адэкIэ уихьэнщ псэм
и лъащIэм.
Узыншэу, лъагъуныгъэ?
КъохъулIэну уиIэ псори гугъэу!
Къохъуэхъур си гур, хыхьэжурэ
кIыфIыгъэм…
ЗэзыдзэкIар Уэрэзей Афликщ.
Сурэтхэр Сацкий Павел ищIащ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28418.txt"
} |
Иджыри я гугъэр хахыжатэкъым
Хэхэс адыгэхэм я япэ хасэр къызэрыунэхурэ илъэси 105-рэ ирокъу
Уи хэку урахуу хамэ щIыпIэ укъыщыхутэныр, дауи, туристу зыплъыхьакIуэ укIуэным хуэдэкъым. Хэку ущиIэм сытри уиIэу щытамэ, ар ущимыIэжым — зыри уимыIэжу аращ. Хэку зимыIэжыр и лъабжьэм деж щыпаупщIа жыг хуэдэщ, дэнэ щIыпIэ пхьакIи ар жыгыу пхуэгъэпсэужынукъым, жыгыжкъым, зыгуэрхэм пхъэ яхуэхъужу аращ.
Тыркум щыпсэу адыгэхэр зэрыс вилайетхэр (областхэр) Социологие, психологие щIэныгъэхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, зи лъахэр зрагъэбгына цIыхухэм я психологиер зэхуэдэ мэхъу. Апхуэдэхэм я хэкум и уасэр нэхъ къагурыIуэу, къыщыхута хамэ щIыпIэр я хэку хуэдэу фIыуэ ялъагъуу, зыхыхьа къэралыгъуэм хуэпэжу мэпсэухэ, лъапсэ зэрамыIэм къыхэкIкIэ, нэхъыбэр къулыкъущIэу мэлажьэхэр…
Урыс-Кавказ зауэ лъапсэрыхьым къела ди адэшхуэхэр Хэкужьым щрагъэкIым, къызэралъытэмкIэ, я Iыхьэ щанэм нэхърэ нэхъыбэр гъуэгум текIуэдащ: хэт тенджыз гъунэм нэмысу, хэти абыи гъунэм нэсауэ, хэт кхъухьым ису, хэти псэупIэщIэ яхуэхъуну щIыпIэхэм къыщыхутакIэу. ЗэуапIэм къащыпэщIэта бийм нэмыщIкIи, иджы абыхэм я гъащIэм къещэрт гъаблэри, уз зэмылIэужьыгъуэхэри, жьыуэпс (климат) зэмысари. А псом адыгэ кхъэлъахэхэр ягъэбагъуэрт.
Си анэшхуэ Едыдж ХьэщIэмахуэ ипхъу Жансэрей кхъухьым къыщалъхуат, илъэситI-щыхэм иту телIыкIри, кхъэм яхьауэ щыщIалъхьэм и нэхэр къызэригъэплъам гу лъатэри, къахьыжауэ щытащ. ИужькIэ ар илъэс бгъущIкIэ псэужащ, тыркубзэ имыщIэуи дунейм ехыжащ. Абы къыджиIэжат зы жэщ-зы махуэм къриубыдэу нэрыбгищэрэ щэ ныкъуэм нэс щахэлIыкIа къэхъуауэ, Анталием пэмыжыжьэ Богъазак щIыпIэм ноби щыIэ Черкес кхъэлъахэр (Черкес мезарлыгы) ди къуажэм и япэ кхъэуэ щытауэ. А щэрэ щэ ныкъуэрэ жыхуиIам и пщIанэр къапщтэми, адыгэр зыхэта гузэвэгъуэм и инагъыр абы и гурыIуэгъуэ къыпщищIыфынущ. А бэлыхьым къелу лъэрытету къэнэжа тIэкIум я щхьэрэ я бынунагъуэрэ узым, гъаблэм къыIэщIахын фIэкIа, нэгъуэщI къалэн зыхуагъэувыжыфынкIэ, дауи, Iэмал щыIэтэкъым, псом хуэмыдэу япэ илъэс зыбжанэм къриубыдэу. Апхуэдэ хэкIыпIэ щыIэпэу бзэти, хабзэти, лъэпкъти жаIэу я щхьэ Iуэху зэрахуэфыну гуащIэрэ гукъыдэжрэ адыгэм зрагъэгъуэтыжыпауэ пщIыми, къэралым а псор уигъэщIэну щыттэкъым. Тыркухэм я Iуэхухэри а зэманым зэрыхуейуэ зэфIэувэртэкъым, ар пащтыхьхэми къагурыIуэжри, Европэм хуэдэ защIыну иужь ихьахэт. Ауэ сыт хуэдэ хабзэщIэ къепхьэжьэми, жьым есахэр щIэм пэмыувынкIэ Iэмал иIэтэкъым. Арати, жьыри яхуэхъужтэкъым, щIэри яхуэгъэувтэкъым, зыхущIэкъури, щIыхущIэкъури убзыхуатэкъым.
Лъэцэрыкъуэ Хьэрун Абдулхьэмид ЕтIуанэр Уэсмэн къэралыгъуэм и пащтыхьу, къызэщIэбырсея къару гуащIэхэр игъэбэяун папщIэ, демократие теплъэ иIэу зы псэукIэщIэ техьэн хуэдэу зищIащ 1876 гъэм. «Езанэ мешрутиет» зыфIища а хабзэщIэмкIи хуитыныгъэ псори иджыри пащтыхьым IэщIэлът, ауэ упщIэгъу, чэнджэщэгъу хуэдэу зыхуигъэлэжьэну парламент яригъэухуат, къудамитI хъууэ. Пэжщ, ар езыр фIэмыфIу ищIын хуей хъуати, Урыс-Уэсмэн зауэр и щхьэусыгъуэу иIэтыжри, нэхъ диктатор лъэщыж къищIыкIауэ къэралыгъуэр илъэс 33-кIэ зэригъэкIуащ. А лъэхъэнэр апхуэдизкIэ гугъути, Сталиным и зэманым Урысейм щыIа хабзэхэр абы къытрамыщIыкIауэ пIэрэ жыпIэу урагъэгупсыс. ЦIыхуитI-щы зэгъусэу ялъэгъуамэ, къэралым къебиинхэу, къебэнынхэу щэхуу зыгуэрхэр зэрагъэпэщу ялъытэрти, зэхэзехуэн ящIырт. Апхуэдэу щыт пэтми, а зэман ткIийм цIыхухэр къигъэушу, нэхъ игъэгупсысэу щIидзат.
Адыгэхэр къапщтэмэ, а лъэхъэнэм къриубыдэу мурад ящIащ я лъэпкъым и тхыдэ пэжыр ятхыжыну. Хьэгъур Ахьмэд-Мидхьат хъарзынэу къехъулIат «Кавказ» романыр. Абы и «Адыгэ пщы-уэркъхэр» пьесэр щагъэува театрыр 1884 гъэм ягъэсри ирагъэуэжащ, адыгэхэр къигъэушыну, къигъэбырсеину щышынэхэри.
Къэхъуащ и ужькIэ, лъэпкъ Iуэхум теухуауэ Истамбыл зыгуэри зэрыщамылэжьыфынур къагурыIуэри, адыгэ гуп щэхуу Мысырым Iэпхъуащ. Абы 1897 гъэм «Шэрджэс зэгухьэныгъэ» газетыр къыщыдагъэкIыу щIадзащ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, дэ а газетым и япэ номерым фIэкIа къытIэрыхьакъым, абыи чэму напэкIуэцI. И ужькIэ къыдэкIами тхузэхэгъэкIакъым. Уегупсыс зэрыхъунумкIэ, «Адыгэ зэдэIэпыкъуныгъэ хасэр» абы щыгъуэ щэхуу яухуащ. Сыту жыпIэмэ, а газетыр къыдигъэкIауэ абы зи цIэ тетыр а хасэращ. Ауэ дэ иджыпсту къыхэдгъэщыр а хасэр нахуапIэ къыщихьа (официальнэу щатха) махуэращ.
Нэгъуцу Юсыф-Сухьэд 1908 гъэм (бадзэуэгъуэм и 24-м) аргуэру зы демократие системэ къэхъуащ, «ЕтIуанэ мешрутиет»-кIэ еджэу. Абы цIыхубэм, лъэпкъхэм иджыри къэс щымыIа хуитыныгъэ къахуихьащ.
Мис а «ЕтIуанэ мешрутиет»-м къыдэкIуа фIыхэм пэплъэу щытахэу къыщIэкIынти, адыгэхэм «Шэрджэс зэдэIэпыкъуныгъэ, зы хъужыныгъэ хасэр» яухуащ. Езы хасэм и тхыгъэ дыдэхэми уащыхуозэ а хасэм и цIэр зэм «Шэрджэс зэдэIэпыкъуныгъэ, зы хъужыныгъэ хасэу», зэми «Шэрджэс зэдэIэпыкъуныгъэ хасэу». Дауи, тIури а зы хасэращ. «Шэрджэс зэдэIэпыкъуныгъэ, зы хъужыныгъэ хасэр» 1908 гъэм бадзэуэгъуэм и 10-м Истамбыл щаухуауэ, абы къытригъэдза къыхуезыджэ псалъэмкIэ лажьэу щIидзауэ ялъытэ, ауэ ар къэрал хабзэм тету щатхар 1908 гъэм щэкIуэгъуэм и 17-ращ. Ар зыухуахэм нэхъ къахэщхэм ящыщ зыбжанэм я цIэ къитIуэнщ: уэсмэныдзэм щыцIэрыIуэу хэта маршал Мэртэд Абдуллахь пащэ, маршал Бэрзэдж Зэкий пащэ, Гъазий Мухьэмэд-Фазыл пащэ, генерал Пэхъу (Пыхъу) Назми пащэ, генерал Щхьэплъ Уэсмэн пащэ, Лэхъу Ахьмэд пащэ, хэхэс адыгэхэм ящыщу япэ дыдэ адыгэбзэм и бзэхабзэм (грамматикэм) елэжьауэ Тхьэркъэт Ахьмэд-Джавид пащэ, «Кавказым и тхыдэ», «Пасэрей дыдэ Кавказыр» тхыдэ тхылъхэр зи IэдакъэщIэкI генерал Мэт-ВынатIэкъуэ Юсыф-Иззэт пащэ, «Тхыдэм къриубыдэ Кавказыр» тхылъыр зей генерал Бэркъукъу Исмэхьил пащэ, Уэсмэн къэралыгъуэм роман жанрыр къизыхьэу и лъэр щызыгъэува тхакIуэшхуэ Хьэгъур Ахьмэд-Митхьат ефэнды. Апхуэдэу абыхэм яхэтащ адыгэбзэкIэ усэ зытхыу щыта, Сеин ТIымэ зыфIэзыщыжа, Хъусейн-ШэмIи Тюмери.
ЦIагъуэ Нурий ЗэрыфщIэщи, адэ нартхэм я зэманым къыщыщIэдзауэ ди лъэпкъым и тхыдэм хасэр хэтащ. Ауэ ар зэпымычу лажьэ къэралыгъуэ пкъыгъуэуи, цIыхубэ бэдаущ зэгухьэныгъэ хуэдэуи щытакъым. Лъэпкъым е щIыпIэ хэха гуэрым щыпсэухэм ехьэлIауэ Iуэхугъуэшхуэ къыкъуэкIамэ, пщыхэр, уэркъхэр, лIакъуэлIэшхэр, лъхукъуэлIхэр, дэтхэнэ зы унагъуэми зы лIыкIуэ хуэзэу зэхуэсти, хасэ яухуэрт. Iуэхугъуэр IупщIу утыкум къралъхьэрти, я нэхъыщIэ дыдэм къыщыщIэдзауэ псоми псалъэ иратырт. НэхъыбапIэм зэдащта унафэм дэтхэнэри еувалIэрти, зыри ебакъуэртэкъым. Хабзэ Iуэху теухуауэ хасэ зэхашамэ, абы и унафэр хабзэт.
Иджыпсту дэ зи гугъу тщIы хасэр апхуэдэтэкъым, атIэ къэрал хабзэм тету, езым и устав иIэжу яухуа цIыхубэ бэдаущ зэгухьэныгъэт. Апхуэдэ хасэу хэхэс адыгэхэм япэ дыдэ яухуар «Шэрджэс зэдэIэпыкъуныгъэ, зы хъужыныгъэ хасэр» аращ. Ар 1897 гъэм щэхуу яухуауэ зэрыщытар къапщтэмэ, дуней псом адыгэхэм япэу щаухуа хасэуи къыщIэкIынущ.
Хасэр зэрылэжьэну щIыкIэр къэзыIуатэ унафэм зэрыщыжиIэмкIэ, абы и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщт хабзэм тещIыхьа мешрутиет убзыхукIэр хъумэным зэчэнджэщурэ телэжьэныр, адыгэ щIэблэм драгъэкIуэкI гъэсэныгъэр, лъэпкъым и псэукIэр лъэныкъуэ псомкIи егъэфIэкIуэныр, хабзэр хъумэныр. Абдежым щамытхами, хасэм хэтхэм зэдащIэу иджыри зы гурылъ-гурыщIэ хэлът абы и мурадхэм, адэжь щIыналъэу Кавказым щхьэхуитыныгъэ егъэгъуэтыжыныр. Ар яхузэфIэкIмэ, Уэсмэн къэралыгъуэм дежкIи фIы дыдэу арат къызэралъытэр. Сыту жыпIэмэ, Кавказ щхьэхуитыр тыркухэр къэзыхъумэ быдапIэ хъунут.
Мэт-ВынатIэкъуэ Юсыф Апхуэдэу хасэм къалэну зыхуигъэувыжат алыфбей зэхигъэувэну, абыкIэ егъэджакIуэхэр игъэхьэзырыну, адэжь щIыналъэми еджапIэхэр къыщызэIуихыну. Мис абы ипкъ иткIэ, 1910 гъэм Хэкужьым егъэджакIуэу къигъэкIуат Лъэцэрыкъуэ Хьэрун, ХыдзэлI Ибрэхьим, Дыгъунэ Акиф, Нэгъуцу Юсыф-Сухьэд (Дюзджэ щыщхэщ), доктор Али-Сухьад (Асеикъуэ), Беслъэней Хьафыз, Зэчырей Ефэнды, Гусэр щихь Мухьэмэд, Захьит Чэусэрий сымэ. Ахэр нэхъыбэу къыздэкIуар Адыгейрт. Краснодар пэмыжыжьэу Банэхэс, Тэхъутэмыкъуей къуажэхэм, нэгъуэщI щIыпIэхэми еджапIэхэр къыщызэIуахат адыгэбзэкIэ щрагъаджэу.
ЦIагъуэ Нурий Къэбэрдейм къэзыгъэкIужари а хасэрат. Нурий абы щилэжьахэм, лицей, егъэджакIуэ щагъэхьэзыр еджапIэ къызэрызэIуихам, «Адыгэ макъ» газетыр къыдигъэкIыу зэрыщытам куэд щыгъуазэу си гугъэщ. Мы хасэм и жэрдэмкIэ Истамбыли къыщызэрагъэпэщат щапхъэ хъуну зыщыгугъ «Шэрджэс уней еджапIэ».
«Шэрджэс зэдэIэпыкъуныгъэ, зы хъужыныгъэ хасэр», дауи, хасэ анэт. Абы нэгъуэщI хасэ зыбжани езым фIэфIу къызэхигъэкIащ. Псалъэм щхьэкIэ, егъэджэн-гъэсэн Iуэхухэр зэригъэкIуэну «Шэрджэс цIыхубзхэм я зэдэIэпыкъуныгъэ хасэр», политикэ Iуэхухэр зэригъэкIуэну «Ищхъэрэ Кавказ хасэр» яригъэухуат.
А псоми я лэжьыгъэхэр зыхуэунэтIар лъэпкъыр къэгъэушын, зэкъуэгъэувэн гурылъ-гурыщIэрт. «Гъуазэ» газетри арат къыщIыдагъэкIар. Абы и жэрдэмкIэ адыгэбзэм алыфбей хузэхэгъэувэным и зэпеуэхэр ирагъэкIуэкIат.
Маршал Тыгъуэ ФуIэд Ди жагъуэ зэрыхъущи, 1923 гъэм и шыщхьэIу мазэм, Тыркум республикэ щаухуэну зыщагъэхьэзырым, мы хасэри адрейхэм хуэдэу зэхуащIыжащ, «Шэрджэс уней еджапIэри» щIыгъуу. АдэкIэ Тыркум ущыадыгэну ухуитыжтэкъым. Ари щыщт Урыс-Кавказ зауэм кърикIуа тхьэмыщкIагъэхэм.
Мыбдежым къыщыдохь хасэм и къыхуезыджэ псалъэр.
Шэрджэс зэдэIэпыкъуныгъэ,
зы хъужыныгъэ хасэм и
къыхуезыджэ псалъэ
Хасэм и хэщIапIэ, 1908 гъэм бадзэуэгъуэм и 10-м
Ди лъэпкъэгъухэ!
КъэкIуэну гъащIэр екIурэ езэгъыу ухуэным и Iэмалхэр, дауи, блэкIаращ къызыхэпхыфыну щыIэр. БлэкIар зэгъэщIэныр псом ди дежкIи хэкIыпIэ Iэмалышхуэщ. ДяпэкIэ дызыхуэкIуэфыну гъащIэ зэпэщыр гъэлъэщыным теухуа гъуазэ быдэр дыубзыхун папщIэ ди блэкIам дыщыхэплъэжкIэ, я Iэхъуамбэхэр щIагъашэурэ къагъэлъагъуэ щIэныгъэлI гъуэзэджэхэр, дуней псом тет муслъымэнхэр зэрыгушхуэ лIыщхьэ Iущ лъэщхэр къызэрытхэкIахэр. Ауэ абыхэм я нэхъыбэр, я адэжь щIыналъэр мыхъуу, етIуанэ хэку яхуэхъуа хэхэс хэгъуэгухэу нэхъ зызыужьа къэралхэм къызэрыщыхутахэри IупщIщ.
ХэдзылI Ибрэхьим Быдагъэ, шыIэгъэ, лIыгъэ зэрахэлъым хуэдэ къабзэу, я лъым хэлъу анэдэлъхуу адыгэхэм щэнхабзэ гъуэзэджэхэр къадэгъуэгурыкIуэрэ пэт, тхьэмыщкIагъэшхуэхэр къатепсэу икIэм-икIэжым я адэжь щIыналъэр ябгынэу дуней псом текъухьа щIэхъуам и щхьэусыгъуэхэр къыщыппщытэкIэ, Къафкъасым (Кавказым) гъэсэныгъэ-егъэджэныгъэ зэпэщ зэрыщымыIам, лIакъуэхэм я зэхуаку зэгурыIуэ зэрыдэмылъам къаша лажьэшхуитIым нэхъ щхьэусыгъуэ ин къэтлъагъуркъым.
Пэжыр жыпIэнумэ, цIыху еджа-гъэсахэм я дежкIэ гъэIурыщIэн Iуэхум щызэбгъэдэпх мыхъун пкъыгъуитIу щызэбгъэдэлъщ джатэмрэ тхылъымрэ. И закъуэу джатэ къудейм тегъэщIа гуащIэр гупсысэ куум и илъыгъуэхэм зэрапэмыувыфынур гурыщхъуэ лъэпкъ зыхэмылъ пэжыгъэщ.
Гъэсэныгъэ-егъэджэныгъэ зэпэщрэ зэгурыIуэ быдэрэ зэрамыIам къыхэкIкIэ, адыгэхэр я адэжь щIыналъэм пэIэщIэ хъун хуей щыхъум, Ислъам дунейм и хэщIапIэу муслъымэнхэмкIэ гупсэхупIэу щыт Уэсмэн къэралыгъуэр щхьэегъэзыпIэу къызэрыхахар хэти ещIэ. Адыгэр Iэпхъуэгъуэ лъэхъэнэ гугъухэм щыхэтым щыгъуэ Уэсмэн къэралыгъуэм, абы и цIыхухэм далъэгъуа гущIэгъум, дэIэпыкъуныгъэм, пэж дыдэу, пщIэшхуэ хуэфащэ пэтми, ди жагъуэ зэрыхъущи, текъузэныгъэм икIи абы къыдэкIуэ залымыгъэм, Уэсмэнлы цIэр зэдэзыщта лъэпкъхэм, адыгэхэри абы яхэту, щхьэегъэзыпIэ яхуэхъуа мы къэралыгъуэ кхъухьышхуэр зэман гугъум и архъуанэ гущIэгъуншэм хилъэфащ. Ягъэу яхэлъыр ягъэнахуэурэ, IупщI къэхъуа я дагъуэшхуитIыр зыхагъэкъэбзыкIыжыну а лъэхъэнэхэм Iэмал иIауэ пIэрэ адыгэм? Хьэуэ! ИIакъым. Сыту жыпIэмэ, зы хъужыныгъэ, зэдэIэпыкъуныгъэ, зэгурыIуэ жыхуэпIэхэм Iэмал емытыххэныр текъузэныгъэр зи лъабжьэ гъэпсыкIэхэм я хабзэ-бзыпхъэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ.
Генерал, тхыдэтх Бэркъукъу Исмэхьил Тхьэм и шыкурщи, нобэ мешрутиет гъэпсыкIэм, абы къытхуихьа хуитыныгъэ-тыншыгъуэм десащ. Аращи, дагъуэхэр гъэзэкIуэжыным, гупсэхугъуэм дылъэIэсын папщIэ дызрикIуэн хуей лъагъуэхэр убзыхуным икIи ахэр гъэзэщIэным и чэзу къэсауэ ди гугъэщ. Ари гугъукъым — шэрихьэтым и унафэхэм дэхыншэу утетмэ аращ. Сыту жыпIэмэ, цIыхугъэ щыIэкIэм и пкъы купщIэр щэныншагъэ-щэн Iеягъэм уи гур щыбгъэкIынырщ, купщIэм и купщIэжри цIыхугъэм ухуэлэжьэн- ухуэлIыщIэнырщ. Тхьэшхуэ лъапIэм «ФIыгъэрэ тхьэфIэлIыкIыныгъэрэ я лъэныкъуэкIэ фызэдэIэпыкъухэ!» къыджеIэр. Бегъымбар лъапIэми «Сэ щэныфIагъэ-щэн дахагъэр иризгъэкъужыну аращ сыкъыщIагъэкIуар!» жеIэри, абы тету ди къэралыгъуэ хабзэ лъапIэхэм цIыхугъэ-дахагъэ зэраухуар наIуэщ. Аращи, диным къытхуищI пщэрылъхэр гъэзэщIэн, щэныфIа- гъэ-щэн дахагъэм, мешрутиет псэукIэ хабзэхэм зегъэужьын, сатум, индустрием, мэкъумэш Iуэхугъуэхэм ятеухуа зэпыщIэныгъэхэр зэгъэпэщын икIи ахэр гъэлъэщын, Уэсмэн къэралыгъуэм и цIыхубэмрэ дэрэ дякум дэлъ зэгурыIуэ-зэзэгъыныгъэхэр гъэлъэщын гухэлъкIэ «Шэрджэс зэдэIэпыкъуныгъэ, зы хъужыныгъэ хасэр» дыухуащ.
ХамэщIым хэхэсу къыщыхутауэ зеиншагъэ жыхуаIэ гухэщI хьэлъэм ипIытIарэ игъэмэха пэтми, дэ тщыщ языныкъуэхэм, емышыжу икIи гугъуехь зыпэщIэхуэхэм къапимыкIуэтхэу зэрылэжьам къыхэкIкIэ, псынщIэу зыкъызэраIэтыфам, зэрызаужьам дыщегупсыскIэ, зы хъужыныгъэм и къару лъэщым и жьауэм дыщIэту едгъэкIуэкIыну лэжьыгъэм къыпэкIуэну гуфIэгъуэр, ди лъэпкъ щIыхьыр здынэсыну лъагапIэр тыншу ди нэгум къыщIэдгъэувэфынущ. Дызыхуэныкъуэ закъуэр лъэпкъ зэхэщIыкI зиIэ ди цIыхухэр гурэ псэкIэ, Iэмалу яIэмкIэ къыддэIэпыкъуныращ. Сыту жыпIэмэ, хъушэм хэж мэлым и телъхьэр дыгъужьщ. Ди хасэм и къыхуезыджэ макъ фIыгъэ-дахагъэ зыхэлъым девгъэувалIэ!
Ди лъэпкъэгъухэ!
Зыдужьыну, лъагапIэхэр къэтщтэну, ди гуфIэгъуэр, ар дэнэ къэна, ди щыIэныгъэр, ди гъащIэр тхъумэну дыхуеймэ, ди зэ- къуэтыныгъэм и кIапсэшхуэ быдэмкIэ псоми ди фIэщу зызэпыдвгъащIэ! «ЦIыхупсэм езым къилэжьам фIэкIа къызэрырамытыжынур» зэи зыщыдвмыгъэгъэгъупщэ! ИтIанэ текIуэныгъэкIэ Тхьэр къытхуэупсэнщ.
Бэркъукъу Исмэхьил ипхъу Жансэхъу Хасэм и къыхуезыджэ псалъэ фыкъызэджам, фэри гу зэрылъыфтагъэнщи, адыгэр хэхэс щIэхъуам и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэхэу империе гупсысэ зиIэ урыс пащтыхьыгъуэм ди Хэкур зэрытфIиубыдам, иубыдам и мызакъуэу, ди адэшхуэхэм ар зэрырагъэбгынам, жыпIэнурамэ, лъапсэрых зауэ къызэрыдащIылIам и гугъу щамыщIмэ нэхъ къащтащ. И ужькIэ къыдагъэкIа «Гъуазэ» газетым итхэм ущыхэплъэкIэ, абы и щхьэусыгъуэри гурыIуэгъуэ хуэдэщ. Сэ къызэрысфIэщIымкIэ, ахэр зыбжанэ мэхъу.
Япэрауэ, къыхуезыджэ псалъэр зэхэзылъхьахэр хущIэкъуагъэнущ лъэпкъым хэлъ мыхъумыщIагъэхэр езым зэрыхигъэкъэбзыкIыжыным и Iэмалхэм теIэбэну, нэгъуэщIу жыпIэмэ, заумысыжурэ заузэщIыжыным къыхуигъэушыну. Дыкърахуати жыпIэу лажьэр нэгъуэщIым тебгъащIэ къудейкIэ, уэ уи лажьэр пхуэгъэзэкIуэжыну щыттэкъым.
ЕтIуанэрауэ, хасэр зыухуэхэм я нэхъыбэр дзэм хэтт е къулыкъущIэт. Апхуэдэ тетыгъуэ зиIэхэрат хасэ яухуэну зыхузэфIэкIынур. Ауэ ахэр хуеягъэнукъым дыкърахуати дыкъэкIуащ жаIэу зыхэс лъэпкъхэми къэралми я пащхьэ къиувэну. Абы кърикIуэнкIэ хъунум зыщадзеймэ нэхъ къащтагъэнущ.
Ещанэрауэ, дауи, абыхэм я гум илът я адэжь щIыналъэм къагъэзэжыну. ИкIи иджыпсту абы тетыгъуэ щызиIэ къаруушхуэм хъуэн хужыпIэкIэ уи мурадыр къызэрыбдэмыхъунур наIуэт. Апхуэдэу абыхэм ящIэрт игъащIэкIи зэкIужынкъым жыхуаIэ зэбийхэри зэкIужу гъащIэм къызэрыщыхъур. Арати, зыхуэсакъыжурэ, гупсысагъэнхэщ.
Дауи, «Шэржэс зэдэIэпыкъуныгъэ хасэр» зыухуахэр, «Гъуазэ» газетыр къыдэзыгъэкIахэр цIыху Iущ къэушахэт, хэкупсэ-лъэпкъыпсэхэт, хэхэси хэкурыси, дэнэ щыIэ адыгэри нэхъыфIым зэрыхуагъэкIуэным хущIэкъухэрт. Езыхэр зауэлIу щыта пэтми, я гурылъ-гурыщIэхэр мамырыгъэмрэ цIыхугъэмрэ фIэкIа къазэрыдэмыкIуэнур къагурыIуэрт.
Хасэм хэтахэм я гухэлъ псори къазэремыхъулIар наIуэщ, ауэ зыри я хузэфIэмыкIауи пхужыIэнукъым. «Гъуазэ» газетыр къыдэкIыгъуэ 59-м зэрынагъэсыфам, Уэсмэн лъэпкъхэми къэралыгъуэми щапхъэ яхуэхъун Шэрджэс уней еджапIэ къызэрызэIуахыфам, адыгэбзэм алыфбей хузэхэгъэувэным зэрелIэлIахэм, Нэгъуцу Юсыф-Сухьэд, ЦIагъуэ Нурий хуэдэ цIыху телъыджэхэр Хэкум къызэрагъэкIуэжыфам, тхылъу къыдагъэкIахэм, нэгъуэщI Iуэхуу зэфIахахэм щхьэкIэ абыхэм куэд ялэжьауэ убж хъунущ. Сыадыгэщ жаIэн къудейуи хуитыныгъэ ямыIарэ пэт, адыгэр хамэ щIыналъэ щымыкIуэдыпэу къызэрынэфами абыхэм я фIыщIэ хэмы-лъу пхужыIэнукъым. Сэ си щхьэкIэ а хасэм хэтахэм ину щIыхь яхузощI, нэрымылъагъуу я пащхьэ ситуи си щхьэр яхузогъэщхъ, абыхэм яхуэ- фэщэн щIэблэ дищIыну Тхьэм селъэIуу.
Тыркум щаухуа япэ Адыгэ Хасэр зэхэзышахэр. 1908 гъэ
ХЪУАЖЬ Фахъри,
Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр институтым и лэжьакIуэ, уэчыл, теолог.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28427.txt"
} |
Дунейпсо Адыгэ Хасэм, Къэбэрдей, Адыгей, Шэрджэс, Шапсыгъ, Мэздэгу Адыгэ хасэхэм, КАФФЕД (Тырку) зэгухьэныгъэм, Европэм щылажьэ хасэхэм я федерацэм, Нью-Джерси штатым (США) щыIэ Адыгэ ФIыщIэ Хасэм хэтхэр Иорданием и Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и тхьэмадэ Къардэн Самир хуогузавэ абы и шыпхъу Нэшат дунейм зэрехыжам къыхэкIыу.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28440.txt"
} |
Нэхъыжь-нэхъыщIэкIэ
Нэхъыжьхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я зэхуаку куэдрэ зэгурымыIуэныгъэ къыдохуэ. ЛъэныкъуитIми загъэзахуэ.
Еууей, иджырей щIалэгъуалэри…», жаIэу зэхыдох. Я зыхуэпэ, я псэлъэ, я зыщIыкIэ теухуауэ абыхэм яхуэшхыдэр куэд мэхъу. Пэжщ, гъэсэныгъэкIэ иримыкъуахэр мащIэкъым. Ауэ… Нэхъыжь-нэхъыщIэкIэ Iуэхум убгъэдыхьэрэ, щIэм «щапхъэ» зытрахын хуей нэхъыжьыIуэхэм я дежкIэ къыщыщIэбдзэмэ-щэ?! Абыхэм дакIэлъыплъыным гугъущи дыдехьынукъым, цIыхубэ транспортым уитIысхьэрэ къэувыIэпIэ зытхухым къриубыдэ гъуэгуанэ зэпыпчмэ аращ.
«НэхъыщIэхэр къэтэджу дагъэтIысыркъым», — жаIэу абы щотхьэусыхэ. Хэти къэтэджыркъым, хэти къотэдж. УщрохьэлIэ мыпхуэдэ теплъэгъуэ: Ипхъу балигъ и гъусэу къитIысхьа цIыхубзыр игъэтIысыну «зыгуэрым» ипхъу къэтэджамэ, а тIысыпIэр езым зылъимыгъэсу и быныр иригухыу. Абы щыгъуэми, къэтэджамрэ тIысамрэ ныбжькIэ зрагъэхь щымыIэу. Апхуэдэ цIыхубзхэращ щхьэщэ хуащIу тIысыпIэр лъагъэсыну зыхуэзыгъэфэщэжри.
Маршруткэ кIуэцIым щрагъэкIуэкI псалъэмакъхэр-щэ?! ЗэрыцIыху зытIущ зэ-гъусэу къитIысхьамэ е зэхуэзэжамэ, я унагъуэхэм Iуэхуу илъыр абдеж къыщраунэщIыкI. Я Iыхьлы къишами, я гъунэгъу къекIуэкIами, зыгуэр япщэфIами, жьыщIами, я джэдур лIами… Псоми топсэлъыхь. Абдеж я цIыхугъэ щримыхьэлIэрэ, абы щыгъуэми хэкIыпIэ къагъуэт — ягу къокIыж телефоныр къызэрыунэхуар. Аращи, телефонкIэ ину мэпсалъэ: и къуэм щотхъу, и нысэм йобг, гъунэгъур иукIыну жеIэ. АпщIондэху, абы къыбгъурысхэм я щхьэр здахьын ягъуэтыркъым, я къэувыIэпIэр къахуэмыгъэсу щысщ.
Апхуэдэхэм я маршруткэ къэгъэувыIэкIэр-щэ?! КъэувыIэпIэм нэса-нэмыса яIэкъым, зы лъэбакъуи лейуэ ямычыжын хуэдэу, жыхуаIэ дыдэм къыщыхуамыгъэувыIэмэ, рулым дэсыр бий ящIынущ. «Мыбдеж къыщыпхуэзгъэувыIэну сыхуиткъым» къыжриIэмэ, — «Уэ уи къалэнщ сэ сыздыхуейм сыщибгъэкIыну» — аращ жэуапыр. Бжэр ину къызэрырадзылIэм къищынэмыщIауэ, ябгэхэм къахокI шофёрым ехъуэнхэр. Езыр апхуэдэу йожьэж, къэнахэм абы и пIэкIэ укIытэныр къалъос. Ар унэм дыхьэжмэ, цIыху игъэсэн хуейуэ къыпоплъэ. Апхуэдэ цIыху дапщэ шофёрым махуэм къриубыдэу ишэчыр?
«ЩIалэгъуалэм я тхьэкIумэм наушникыр иIуауэ маршруткэм исщ», жаIэ. АтIэ, апхуэдиз гуемыIум и тхьэкIумэр иригъэуIэ нэхърэ, макъамэ едаIуэмэ нэхъыфIкъэ?
Пэжщ, щIэблэм яхэтщ нэмысыр зи хамэхэр, ауэ нэхъыжьхэм щIыкIэншэу зыщащIри екIуркъым.
Гугъуэт Заремэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28441.txt"
} |
Зи пщIэр лъагэ ЗэкIуий Урысхъан
Дзыхь къыхуащI дэтхэнэ IэнатIэри езыгъэфIакIуэ, лэжьыгъэри зыхуей хуэзэу зэфIэзых, зи дуней тетыкIэкIи гупсысэкIэкIи пэрыт цIыхум жылагъуэм дапщэщи пщIэ лъагэ щиIэщ. Апхуэдэу къалъытэ Ерокъуэ къуажэм щыщ ЗэкIуий Урысхъан Аслъэн и къуэр.
ЗэкIуий Урысхъан и щIалэгъуэм. ЗэкIуийм и сабиигъуэри и щIалэгъуэри къэралым и тхыдэм щыщ лъэхъэнэ гугъухэм хиубыдащ. Ахэр ирихьэлIащ лIэщIыгъуэ блэкIам и 30-40 гъэхэу псэукIэщIэм и лъабжьэр щагъэтIылъамрэ Хэку зауэшхуэм и илъэс лыгъейхэмрэ. Апхуэдэ гугъуехьхэм и гур ираудыфакъым щIалэщIэм. Къуажэм дэт курыт школыр ехъулIэныгъэкIэ къиуха нэужь, абы егъэджакIуэ IэщIагъэр зригъэгъуэтащ икIи адыгэбзэмрэ литературэмрэ илъэс куэдкIэ Лэскэн ЕтIуанэ къуажэм щригъэджащ. ИужькIэ Урысхъан щылэжьащ консервхэр щащIу Ерокъуэ дэт заводым и хъумапIэм и унафэщIу. ЦIыху пэжым зыпэрагъэувэ дэтхэнэ IэнатIэри жэуаплыныгъэ пылъу ирихьэкIащ, жылэр къыхуэарэзыуэ.
Лэжьыгъэм щIапIыкIа, ар псэ хьэлэлу езыхьэкIыу щыта цIыхур зэи Iуэхуншэу пхущысынукъым. И ныбжь нэсу пенсэ кIуа нэужьи, цIыхум яхэту, щIэблэр иущийуэ еса Урысхъан я къуажэм щекIуэкI жылагъуэ Iуэхухэм жыджэру хэтщ. Хабзэ, нэмысышхуэ зыхэлъ нэхъыжьыфIыр яхуэнабдзэгубдзаплъэщ щIалэгъуалэм, абыхэм я дуней еплъыкIэмрэ гупсысэкIэмрэ зыщегъэгъуазэ, чэнджэщ Iущхэр, ущие пэжхэр ярет.
«Адыгэ псалъэ» газетым и ныбжьэгъуфIщ Урысхъан. Зы илъэси къанэркъым абы ди газетым Iэ щIимыдзу, абы къиIэт жылагъуэ Iуэхухэм хэмылIыфIыхьу. Илъэс зыбжанэ и пэкIэ Урысхъан къихьэхуауэ щытащ газетым Iэ тезыдзэхэм папщIэ ягъэува саугъэт нэхъыщхьэр — телевизорыр. Абы щыгъуэ а нэхъыжьыфIыр къедгъэблэгъауэ щытащ «Адыгэ псалъэм» и хьэщIэщым икIи нэхъ гъунэгъуу зэдгъэцIыхуат.
ЗэкIуийм унагъуэ дахи и щIыбагъ къыдэтщ. Абырэ и щхьэгъусэ Люсэрэ бынищ зэдапIащ, дэтхэнэри гъащIэм гъуэгу пэж щытрагъэуващ. Мурат, Аринэ, Альбинэ сымэ зэрыпсэун IэщIагъэ, щIэныгъэ яIэщ, унагъуэ щхьэхуэ хъужахэу, я нэхъыжьыфIхэр ягъэгушхуэ.
Урысхъан и ныбжьыр иджыблагъэ илъэс 80 ирикъуащ. НэхъыжьыфIым, ущиякIуэ нэсым, чэнджэщэгъу Iущым дохъуэхъу и узыншагъэрэ и гуащIэрэ мыкIуэщIу, быным, абыхэм я щIэблэм я насыпым и псэр игъэнэхурэ и гум ехуэбылIэу, и щхьэгъусэмрэ езымрэ зэкъуэмыхуу куэдрэ зэдэпсэуну. Дэрэжэгъуэрэ гукъыдэжрэ я куэду, гуауэр япэIэщIэу, я дунейр дахэу, я пщIэр лъагэу, я унагъуэ жьэгур мыужьыхыу къащIэхъуэ щIэблэм куэдрэ Тхьэм ящхьэщигъэт.
ЖЫЛАСЭ Маритэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28443.txt"
} |
Зи хъуэпсапIэхэр дахэ
ЦIыхур и IэщIагъэм щыхуэфащэм деж и зэфIэкIхэри куэд мэхъу. Зи гупсысэкIэ, зи къэгъэщIыкIэ зиIэж цIыхумрэ абы и лэжьыгъэмрэ щызэхуэарэзыжкIэ, гъащIэми псэ мызэшыж къыхохьэ.
И IэнатIэр къигъуэтыжын, и псэм хыхьэн IэщIагъэ къыхихын папщIэ, гъащIэм и гъуэгу зыбжанэ зэпичащ Урысейм спортымкIэ и мастер, Налшык щыIэ «Дайдзи» спорт клубым карате киокусинкаймкIэ и тренер, Шэр-джэс Заурбэч зи унафэщI Специализированнэ спорт школым щылажьэ Къэрмокъуэ Амурбэч. Ар къызыхэкIа унагъуэми спортыр и хамэкъым — и адэр бэнэкIэ хуитымкIэ мастерщ. Нобэ Амурбэч ди хьэщIэщ.
Си адэр бэнэкIэ хуитым хуэIэзэти, сэри абыкIэ къыщIэздза хъуащ. Сыдихьэхырт, ерыщу абы зыхуэзгъасэрт. ИужькIэ, си ныбжьэгъу щIалэхэм я гъусэу, каратем сыхыхьащ. Абы зэуэ сызыщIишат. Уеблэмэ, а спорт лIэужьыгъуэм зыщеспщытауэ щыта махуэр сощIэж — 1991 гъэм мэлыжьыхьым и 12-р.
Спортыр IэщIагъэ схуэхъун и пэ еджапIэ зыбжанэ къызэзнэкIащ. Мэкъумэш академием и инженер, КъБКъУ-м и юридическэ къудамэхэр къэзухащ. Юрист IэщIагъэм илъэс зыбжанэкIэ срилэжьащ. Сыщеджи, сыщылажьи спортыр IэщIыб сщIакъым. Сызыпэрыувэ Iуэхум ари дэзгъакIуэрт. ИужьыIуэкIэ, Волгоград диплом плъыжькIэ къыщызухыжащ спортымкIэ къэрал академие нэхъыщхьэр. 2001 гъэм спортым щызыIэрызгъэхьа ехъулIэныгъэхэр къалъытэри, Урысейм спортымкIэ и мастер къысфIащащ. А гъэ дыдэм тренер IэщIагъэм сыпэрыуващ.
— Зыщыбгъасэмрэ тренер IэщIагъэмрэ дэтхэнэр нэхъ гугъу?
— Бгъэсэну куэдкIэ нэхъ гугъущ. Сэ езыр зэхьэзэхуэхэм сыщыхэтхэм сезэшыртэкъым, гугъу сехьми, псынщIэ дыдэу спкърыкIыжырт. Иджы аракъым. Си гъэсэнхэр зэпеуэ сшамэ, абыхэм щхьэкIэ сыгузавэурэ къарури нэхъ сщIокI. Зэхьэзэхуэр иухыу кърикIуахэр наIуэ къащIыху, си гум псэху ищIэркъым. Махуэ бжыгъэ токIуадэ дэтхэнэ зэпеуэми къысхилъхьэ гугъуехьыр спкърыкIыжын щхьэкIэ. Куэд мэхъу узыгъэпIейтейр: си гъэсэным хуэфэщэн увыпIэ къылъамыгъэсамэ, къилэжь гулъытэ къыхуамыщIамэ е езыхэм сыкъагъэщIэхъуамэ. ДыкъекIуэлIэжа нэужь щыуагъэу яIэщIэкIахэр, зэфIэкIыу къызыкъуахахэр къызолъытэжри, тетрадым изотхэ. ИужькIэ, щыуагъэхэми долэжьыж. Си гъэсэнхэм я дэтхэнэ лъэбакъуэри си гумм йожалIэ. Сэ ахэм сабгъэдэтыфыркъым тренер къудейуэ, ныбжьэгъуи сахуохъу. Си унагъуэ изошэ, я унагъуи сохьэ, махуэшхуэхэр зэдыдогъэлъапIэ, ерыскъы зэдыдошх.
— Фи клубым и зэфIэкIхэм я гугъу къытхуэпщIамэ ди гуапэт.
— Мы гъэм илъэси 10 ирикъуащ «Дайдзи» спорт клубыр. А зэманым къриубыдэу си гъэсэнхэм къахэкIащ спортым и мастеру тху: ШынтIыкъу Аскэр, Иуан Азэмэт, Лу Таймураз, Аветисян Нарек, Лыджыдэ Азэмэт сымэ. СпортымкIэ мастерым и кандидату цIыху тIощIым нэс диIэщ. Урысейм ехъулIэныгъэхэр щызыIэрагъэхьащ ди гъэсэн куэдым. Къыхэзгъэщыну си гуапэт Быдэ Юрэ, Iэтэ Ислъам, Шурдым Темболэт, Мэршэнкъул Къантемыр сымэ зэфIэкI лъагэхэр щIэх-щIэхыурэ къызэрагъэлъагъуэр.
Си гъэсэн нэхъыщIэхэми сахуэарэзыщ. Абыхэм яхэтщ республикэм текIуэныгъэ къыщызыхьахэр, КИФЩI-м ехъулIэныгъэхэр щызыIэрызыгъэхьахэр. Ахэр я ныбжьым емылъытауэ спортым хуэгурыхуэхэщ, чэнджэщхэр псынщIэ дыдэу зыхалъхьэф, ерыщагърэ гушхуэныгъэрэ яхэлъу загъасэ. НэхъыщIэ дыдэ Голишев Никитэ илъэси 7 хъууэ аращ. Лъагэу дэкIуеину гугъэ уагъэщI Шорэн Къаплъэн, Балъкъыз Ратмир, Мусукаев Жамболэт, Ахъмэт Алан сымэ.
— Уи мурадхэмрэ хъуэпсапIэхэмрэ уи IэщIагъэм епхауэ къыщIэкIынщ…
— Си хъуэпсапIэщ Урысейм щIыхь зиIэ и тренер сыхъуну, си гъэсэнхэм Къэбэрдей-Бэлъкъэрым и цIэр фIыкIэ зыгъэIун спортсменхэр къахэкIыну.
— Упсэу, Амурбэч! Уи мурад дахэхэр, уи IэщIагъэм ехьэлIауэ уиIэ хъуэпсапIэхэр къохъулIэну, ноби хуэдэу уи гур зэIухауэ насыпыфIэу лъэгапIэщIэхэм унэсмэ ди гуапэщ.
Епсэлъар Гугъуэт Заремэщ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28448.txt"
} |
Гимнаст ныбжьыщIэхэм уатхьэкъу
«Налшык» спорткомплексым щекIуэкIащ художественнэ гимнастикэмкIэ КъБР-м и чемпионат зэIуха. «Динамо»-р — республикэм и сабийхэм» акцэм хиубыдэу къызэрагъэпэща зэпеуэр хуэгъэпсат а спорт зэгухьэныгъэр илъэс 90, республикэм и художественнэ гимнастикэр илъэс 40 зэрырикъум.
Абы хэтащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыщ пщащэу 150-рэ. Чемпионатыр къыщызэIуахым кърихьэлIащ КъБР-м спортымрэ туризмэмкIэ и министр АфIэунэ Аслъэн, Парламентым Спортымрэ туризмэмкIэ и комитетым и унафэщI Сумаев Ахъмэт, къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэм и къуэдзэ, полковник Залиханов Къанщобий, «Динамо» щIыналъэ зэгухьэныгъэм и унафэщIым и къуэдзэ Фролов Сергей, КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм физическэ щэнхабзэмрэ спортымрэ зегъэужьынымкIэ и къудамэм и лэжьакIуэ Миновский Владимир. Зэхьэзэхуэм хэт сабийхэм псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ АфIэунэ Аслъэн.
МахуитIкIэ екIуэкIа зэпеуэм ехъулIэныгъэ щызыIэрызыгъэхьахэм щIыхь тхылъхэр хуагъэфэщащ. Зэхьэзэхуэм хэта дэтхэнэми саугъэтхэр иратащ. Ди спортсменкэ ныбжьыщIэхэм ящыщу чемпионатым текIуэныгъэ къыщахьащ Коротковэ Елизаветэ, Бабьевэ Валерие, Пельц Алинэ, Битокъу Алинэ, ХьэцIыкIу Аидэ сымэ. Гимнасткэхэм зыщагъасэ КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ творчествэмкIэ я республикэ унэм.
Мырзэкъан Дисэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28451.txt"
} |
ЩIэх-щIэхыурэ зэIэпах
Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым мы махуэхэм лэжьыгъэ IуэхукIэ къыхуеблэгъащ Тыркум и КъухьэпIэ Курыт техническэ университетым и къудамэм и лIыкIуэхэр. Профессорхэу Таймаз Эролрэ Шикахвэ Мухьэмэдрэ, тIури лъэпкъкIэ шапсыгъщ, зыхэта делегацэр гуапэу иригъэблэгъащ КъБКъУ-м и ректор Къарэмырзэ Барэсбий.
Мыбыхэм я зэIущIэм щытепсэлъыхьащ зэрызэдэлэжьэну щIыкIэм икIи зэгурыIуащ зэгъусэу щIэныгъэ лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкIыну, къэхутэныгъэ гъэщIэгъуэнхэмкIэ зэдэгуэшэну. Апхуэдэу мы зэIущIэм языныкъуэ ди егъэджакIуэ-щIэныгъэлIхэм Iэмал къаритынущ Тыркум и еджапIэ нэхъыщхьэм пIалъэкIэ щылэжьэнхэу, езыхэм яйхэр КъБКъУ-м къакIуэу лъэныкъуитIри егъэджэныгъэм и щэхухэмкIэ зэдэгуэшэну. IэмалыфIхэр егъэджакIуэхэм я мызакъуэу, аспирантхэми студентхэми ягъуэтынущ.
ХьэщIэхэмрэ бысымхэмрэ къищынэмыщIауэ, зэгурыIуащ щIэныгъэ лэжьыгъэ нэхъ гъэщIэгъуэнхэм ятеухуауэ къыдагъэкI тхылъхэри щIэх-щIэхыурэ зэIэпахыным, щэнхабзэ и лъэныкъуэкIи зэдэлэжьэным теухуауэ. Тыркум къикIа хьэщIэхэм къыжаIащ КъБКъУ-м и ректор Къарэмырзэ Барэсбий зи пашэ щIэныгъэлI гуп езыхэми мыгувэу яхуеблэгъэну зэрагуапэр.
Лъостэн Музэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28455.txt"
} |
Нэхъ мащIэ щохъу
Къэбэрдей-Балъкъэрым лэжьыгъэмкIэ и рынокым зэрыщатхамкIэ, мы гъэм щIышылэм и 1-м къыщыщIэдзауэ накъыгъэм и 31 пщIондэ цIыху 7557-рэ республикэм IэнатIэншэу къыщалъытащ. Мэкъуауэгъуэм и 1-м ирихьэлIэу лэжьапIэншэхэм я бжыгъэм, нэгъабэ и апхуэдэ лъэхъэнэм елъытауэ,1284-рэ кIэрыхуащ икIи 8822-рэ мэхъу. Къэбэрдей-Балъкъэрым IэнатIэншэу щатхыр лэжьэфыну исым и проценти 2,3-м нос.
Къыхэгъэщыпхъэщ мы гъэм и щIышылэ — накъыгъэ мазэхэм къриубыдэу IэнатIэ хуиту 3635-рэ абыхэм зэрыхуагъэлъэгъуар. иджыпсту ахэр 2852-рэ мэхъу.
IэнатIэ хуитхэм я процент 79,2-р рабочэ IэщIагъэщ. 2013 гъэм мэкъуауэгъуэм и 1-м ирихьэлIэу апхуэдэ зы лэжьапIэм цIыхуи 3,2-рэ щыхуозэ.
ШЫД Къэрэщей.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28458.txt"
} |
Псыхуабэ кIуэну загъэхьэзыр
Иджыблагъэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым «Мэшыкъуэ — 2013» кавказпсо щIалэгъуалэ зэхуэсым хэтыну жэрдэм зыщIахэр щызэхуэсащ.
ЩIалэгъуалэм ехьэлIауэ къаIэт Iуэху щхьэпэхэм ящыщщ Мэшыкъуэ щыIэну зэхыхьэри. Мы гъэм абы Къэбэрдей-Балъкъэрым игъэкIуэнущ цIыху 240-рэ.
Зэхыхьэр къызэзыгъэпэщахэм зыхуагъэувыж къалэнхэм ящыщщ щIалэгъуалэм я зэфIэкIыр щагъэлъэгъуэн утыку игъэхьэныр, абы къиIэт IуэхумкIэ акъылэгъурэ дэIэ- пыкъуэгъурэ къигъуэтыныр, лъэпкъ зэныбжьэгъугъэр гъэбыдэныр.
ЗэIущIэр къызэIуихащ икIи иригъэкIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и студент зэгухьэныгъэхэм я советым и унафэщI Лу Азэмэт.
Япэу псалъэ зрата КъБКъУ-м и проректор Къумыкъу Iэуес жиIащ къахуеблэгъа хьэщIэ лъапIэхэр щIалэгъуалэм я мурадхэр зрагъэхъулIэнымкIэ сэбэпышхуэ къазэрыхуэхъунур. Абы папщIэ я лэжьыгъэхэр, проектхэр екIуу утыку зэрырахьэнум хуэдэу, хуагъэхьэзырын зэрыхуейр къыхигъэщащ.
КIэлъыкIуэу къэпсэлъащ ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ Федеральнэ агентствэм щIалэгъуалэм я проектхэр пхыгъэкIынымкIэ, щIыналъэхэр зэдэгъэлэжьэнымкIэ къудамэм и унафэщI Гопэ Александр. Абы жиIащ лэжьыгъэшхуэ къазэрыпэщылъыр, «Мэшыкъуэ-2 013» зэхыхьэм ирахьэлIэну проектхэм жылагъуэмкIи къэралымкIи нэхъ сэбэпыр къыхэпхыныр зэрымытыншынур. «Фэ IэмалыфI дыдэ фиIэщ фи мурадым IэкIэ фытеIэбэну. Дэ жэрдэм зыщI цIыху жыджэрхэм дахуэныкъуэщ, апхуэдэхэм Iэмал зэриIэкIэ защIэдгъэкъуэнущ», — къыхигъэщащ абы.
— ЩIалэгъуалэ дахэ, акъылыфIэ диIэщи, абы хуабжьу сегъэгуфIэ. Ди гуапэщ мыпхуэдэ зэхыхьэхэм хэтыну, я къару къыщагъэлъэгъуэну ди щIалэгъуалэ куэдым гупыж зэращIыр. Фи ехъулIэныгъэхэм дагъэгуфIэ, дамэ къыттрагъакIэ. Утыку ихьэну мурад зыщIам ехъулIэныгъэфIхэр фиIэу къэвгъэзэжыну, ди щхьэр лъагэу щIэтIэтын щIалэгъуалэ дызэрикуэдыр иджыри зэ ди фIэщ фщIыжыну дыфщогугъ, дэ ди лъэныкъуэкIэ ди къару къихь демыблэжу зыфщIэдгъэкъуэну дыхьэзырщ, — жиIащ Налшык къалэ администрацэм ЩIалэгъуалэ Iуэхухэмрэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмкIэ и къудамэм и унафэщI Бахтияровэ Евгение.
ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ федеральнэ агентствэм и унафэщI Казак Алексей утыкум къыщрагъэблэгъам къызэхуэсахэм къажриIащ ди республикэр фIыуэ зэрицIыхур, ар щIыналъэ дахащэу къызэрилъытэр.
— ЦIыхум я нэхъыфIыр щыпсэур Кавказырщ, фэрыщIыгъэ зыхэмылъ лъэпкъ къабзэу, хэкупсэу ахэр къызолъытэ, — къыпищащ абы. — Мы махуэхэм дызэдэлэжьэнущи, ди къару къихь къэдгъэнэнкъым, зымащIэкIэ нэхъ мыхъуми, фи гъащIэр нэхъыфI зэрыфщIыным фыхуэдущиинщ. Сэ утыкум фыщымышынэу, псэлъэкIэ фщIэуэ, фи гупсысэр зэкIуу, дахэу къыфхуэIуатэу фезгъэсэнщ.
АдэкIэ къагъэпсэлъар «ФОРСАЙТ» компанием и унафэщI Шарапов Сергейщ. Абы жиIащ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и щыпэ къакIуэми, занщIэу ар игу зэрырихьар. «Фи мурадхэм Iуэху пыухыкIа къахэтщIыкIынщ», — захуигъэзащ абы щIалэгъуалэм.
Мэшыкъуэ кIуэн мурад зиIэхэм я лэжьыгъэр убзыхуа зэрыхъунум теухуауэ хагъэгъуэзащ. Абы кърихьэлIахэр гупитхуу ягуэшри, кърагъэблэгъа IэщIагъэлI хьэщIэхэм я мастер-классхэм щIагъэсащ.
ЗэIущIэхэр махуищкIэ екIуэкIащ, ныбжьыщIэхэм я лэжьыгъэхэр зэрырагъэфIэкIуэну чэнджэщхэр кърату.
Щомахуэ Залинэ.
Сурэтхэр ЕЛЪКЪЭН Артур трихащ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28461.txt"
} |
Мы махуэхэм
Мэкъуауэгъуэм и 8, щэбэт
Хыхэм я дунейпсо махуэщ ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм 2009 гъэм мазаем и 12-м къищта унафэм ипкъ иткIэ ягъэлъапIэ.
Социальнэ лэжьакIуэм и махуэщ. УФ-м и Президентым 2000 гъэм жэпуэгъуэм и 27-м Iэ зыщIидза унафэм ипкъ иткIэ ягъэуващ.
Карелие Республикэм и махуэщ
1661 гъэм Идар Темрыкъуэ и къуэрылъху Черкасский Муцал дунейм ехыжащ.
1943 гъэм Налшык фашистхэм я бийуэ интеллигенцэм и пэкIу щекIуэкIащ.
Мэкъуауэгъуэм и 8 — 11-хэм Ульяновск щызэхэтынущ Урысей Федерацэмрэ Германиемрэ я къалэ-зэкъуэшхэм я ХII конференц.
Совет Союзым щэнейрэ и ЛIыхъужь Кожедуб Иван къызэралъхурэ илъэс 93-рэ ирокъу.
КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей артиадэм и лауреат МахуэлI Хъаджэт къыщалъхуа махуэщ.
Дунейм и къурш нэхъ лъагэ дыдэ Эверест дэкIа адыгэ бзылъхугъэ, КъБР-м физкультурэмрэ спортымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Мэз Каринэ къыщалъхуа махуэщ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, пIалъэ-пIалъэкIэрэ уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 16 — 20-рэ, жэщым градус 14 — 16 щыхъунущ.
Мэкъуауэгъуэм и 9, тхьэмахуэ
Текстиль, прошышленность псынщIэм и лэжьакIуэхэм я махуэщ
1883 гъэм Москва тхыдэ музей къыщызэIуахащ.
1935 гъэм Iуащхьэмахуэ и щыгум гупышхуэ япэ дыдэу дэкIащ.
Япэ урысей император Петр Езанэр къызэралъхурэ илъэс 341-рэ ирокъу.
КъБР-м щIыхь зиIэ и дохутыр Чым Агнессэ къыщалъхуа махуэщ.
Техникэ щIэныгъэхэм я доктор, АР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, ЩIДАА-м и член-корреспондент Блахъуэ Хьэзрэт и ныбжьыр илъэс 49-рэ ирокъу.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 18 — 22-рэ, жэщым градус 16 — 17 щыхъунущ.
Мэкъуауэгъуэм и 10, блыщхьэ
1774 гъэм Урысеймрэ Тыркумрэ зэращIылIащ Кючук-Кайнарджий мамыр зэгурыIуэныгъэр. Абы ипкъ иткIэ, Къэбэрдейр Урысейм и зы Iыхьэу къалъытащ.
1793 гъэм дунейм щыяпэу Париж къыщызэIуахащ цIыхухэм зыщаплъыхь хъуну зоопарк.
1936 гъэм «Союзмультфильм» киностудиер къызэрагъэпэщащ.
1955 гъэм Тырныаузрэ Докшукинэрэ къалэ хъуащ.
Москва щызэхэтынущ Урысейм и хьэрычэтыщIэхэм я илъэс зэхуэсышхуэр.
СурэтыщI-график, УФ-м щIыхь зиIэ и сурэтыщI, «Нартхэр», «Ди деж къэса уэрэдхэр», «Уэсылъэ къуршхэм я таурыхъхэр» тхылъхэр зыгъэщIэрэщIа Глуховцев Александр къызэралъхурэ илъэси 103-рэ ирокъу.
Режиссер цIэрыIуэ, УФ-м и цIыхубэ артист Ерчэн Леонид къызэралъхурэ илъэс 88-р ирокъу.
Медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик Инэрокъуэ Аллэ къыщалъхуа махуэщ.
Шэрджэс еджагъэшхуэ, мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор Тамэ Мухьэрбий и ныбжьыр илъэс 52-рэ ирокъу.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 17 — 22-рэ, жэщым градус 15 — 17 щыхъунущ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28469.txt"
} |
Ди къуэш республикэхэм
«Лавина» спектаклыр
Адыгей. Дыгъуасэ Псыхуабэ къалэм къыщызэIуахащ Урысейм и къалэхэм я театр цIыкIухэм я IX фестиваль. Адыгейм и Лъэпкъ театрым абы щигъэлъэгъуэнущ тырку драматург Джюдженогл Тунджер и пьесэмкIэ ягъэува «Лавина» спектаклыр.
Пьесэр гъэщIэгъуэнщ. Урысейм, Адыгейм я цIыхубэ артист Къукъан Мурат зэрыжиIэмкIэ, щIыналъэм и лъэпкъ театрым и актерхэм иджырей драматургхэм я лэжьыгъэ куэдым а пьесэр къыхахащ я дуней тетыкIэкIэ нэхъ зэрапэгъунэгъум къыхэкIыу. Бгылъэ къуажэм щыпсэухэм я тхыдэм щызэфIэува гъащIэм зихъуэжу хуитыныгъэр щызыхащIэ а спектаклым щоджэгу Адыгейм и цIыхубэ артистхэу Зыхьхэ Мелэчэт, Заурбий, Устэкъ Мухътар, республикэм щIыхь зиIэ и артистхэу Ачмыжь Нурбий, Лъыней Iэсият сымэ, нэгъуэщIхэри.
ДынасыпыфIэщ, дэрэжэгъуэ къозыт уи творчествэм зезыгъэIэт уи лэжьэгъухэм уахуэзэныр сыт щыгъуи гуапэщ. Ди фIэщ мэхъу иджырей фестивалыр ди театрым дежкIэ лъагапIэм ухуэзышэ утыку хъуну, Лъэпкъ театрым иригъэкIуэкI Iуэхугъуэхэм дэри сыт щыгъуи дыхэтыну, — жеIэ Адыгейм и Лъэпкъ театрым и унафэщI Зыхь Мелэчэт.
СыткIи къызэгъэпэщащ
Къэрэшей-Шэрджэс. ЩIыналъэм гу-лъынтхуэ узхэм щеIэзэ и центрым и IэщIагъэлIхэм иджы япэ дыдэу республикэм щрагъэкIуэкIащ инфаркт, инсульт узыфэхэр зиIэ сымаджэхэм технологие лъагэр къагъэсэбэпу медицинэ дэIэпы- къуныгъэ ятынымкIэ операцэ.
Операцэр щекIуэкIащ «Урысей Ипщэ» программэм ипкъ иткIэ яухуа IуэхущIапIэм. Центрыр сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей хуэгъэзэным сом мелуани 130-рэ трагъэкIуэдащ. Иджырей технологие лъагэ эксперт-класс медицинэ Iэмэпсымэ къащэхуащ. А аппаратыр уимыIэу гум ехьэлIа операцэ пщIы хъунукъым. Ар щрагъэкIуэкI пэшым лабораторэ щхьэхуэ иIэщ, операцэм узыщыхуеину псомкIи къызэгъэпэщащ.
2013 гъэм къриубыдэу гум ехьэлIа операцэ 40 иджыри центрым щрагъэкIуэкIыну я мурадщ.
Уэрдокъуэ Женя.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28471.txt"
} |
«XXI лIэщIыгъуэм и пашэ»
ФIыщ, гухэхъуэщ укъыщалъхуа щIыналъэм и цIэр фIыкIэ зыгъэIу цIыхухэр ущикуэдыр. ЕхъулIэныгъэфIхэр зыIэригъэхьауэ иджыблагъэ къытхуеблэгъэжащ «Что? Где? Почем?» газетым и редактор нэхъыщхьэ, лэжьакIуэ гуащIафIэ Тхьэщыгугъ Эллэ.
Адыгэ бзылъхугъэр хэтащ Новгород Ищхъэрэ къалэ мэлыжьыхьым и 25-27-хэм щекIуэкIа «XXI лIэщIыгъуэм и пашэ» урысейпсо зэхьэзэхуэм икIи текIуэныгъэр къыщихьащ.
Зэпеуэр къызэзыгъэпэщар Урысейм и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советырщ. Тхьэщыгугъым зэрыжиIэмкIэ, зэхьэзэхуэр купщIафIэу екIуэкIащ. Абы хьэрхуэрэгъу куэд иIащ, я зэфIэкI ягъэлъэгъуэну зэпеуэм зрагъэхьэлIат къэралым и щIыналъэ 16-м икIахэм. Эллэ къыхуагъэфэщащ медалрэ щIыхь тхылърэ, апхуэдэуи гъащIэм хуиIэ еплъыкIэхэр жыджэру, IупщIу къызэригъэлъагъуэм папщIэ, лэжьыгъэ купщIафIэхэр зэрызэфIихым щхьэкIэ, Новгород Ищхъэрэ Хьэрычэт Iуэхухэм зегъэужьынымрэ дэIэпыкъуэгъу цIыхухэм яхуэхъунымкIэ и министр Лабузэ Денис и фIыщIэ тхыгъэ къратащ.
Мыр и япэ ехъулIэныгъэшхуэу щытми, Тхьэщыгугъ Эллэ сыт щыгъуи Iуэхум хуэнэхъуеиншэщ. Илъэси 10-м щIигъукIэ бзылъхугъэр хьэрычэтыщIэу щытащ. 2011 гъэ лъандэрэ и гуащIэ ирехьэлIэ зи гугъу тщIа газетым, ар тэмэму къыдэкIа зэрыхъунум и гулъытэр етащ.
«Си гуапэу, сфIэкъабылу зэхьэзэхуэм сыхэтащ. Лэжьыгъэ IэнатIэ ущыпэрытым махуэ къэс узыIууэ гугъуехьхэм, Iуэху мытыншхэм нэгъуэщIу урегъэгупсысыж конкурсым. Нэхъыщхьэращи, уи лэжьыгъэм и мыхьэнэр нэхъ зыхыуегъащIэри, сэбэпщ», — жеIэ абы.
Тхьэщыгугъ Эллэ УФ-м и журналистхэм я зэгухьэныгъэм, Кавказ Ищхъэрэм и бзылъхугъэ хьэрычэтыщIэхэм я ассоциацэм и зэзыгъэуIу советым хэтщ, жылагъуэ Iуэхухэм щыжыджэрщ. Дохъуэхъу и лэжьыгъэкIи и гъащIэкIи ефIэкIуэну!
БАГЪЭТЫР Луизэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28474.txt"
} |
ГуапагъэкIэ гъэнщIа IэщIагъэ
Ар щIэупщIэшхуэ зиIэ, псапэшхуэ зыпылъщ. А лэжьакIуэхэр пенсэм кIуахэм, хуэмыщIауэ псэу унагъуэхэм, ныкъуэдыкъуэхэм, дэхуэхахэм щIэгъэкъуэнышхуэ яхуохъу.
Социальнэ лэжьакIуэр, психологхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ ящIыгъужу, жылагъуэр хуабжьу зыхуэныкъуэ IэнатIэщ. А къалэн мытыншыр зи пщэ дэзылъхьэжыр цIыхум гууз-лыуз хузиIэ, гущIэгъу, гуапагъэ мыкIуэщIыр зыхэлъ, нэгъуэщIым и гъащIэр нэхъ дахэ, тынш зыщIыфхэрщ.
Социальнэ лэжьакIуэхэм ягъэзащIэ лэжьыгъэ мытыншым и фIыгъэкIэ, дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэ цIыхухэр дуней зызыхъуэжым нэхъ хэзагъэу, декIуу къокIуэкI. Махуэ къэс абыхэм зы унагъуэ псом е цIыху щхьэхуэм къылъыкъуэкI Iуэху зэхуэмыдэхэм хэкIыпIэхэр къыхуагъуэт.
ПщIэ зыхуэтщI социальнэ лэжьакIуэхэ! Сигуми си псэми къыбгъэдэкIыу фи махуэ лъапIэмкIэ сынывохъуэхъу! Узыншагъэ быдэ фиIэу, ехъулIэныгъэр фибэу, фи псэм и хуабагъым и хъуреягъыр игъэхуабэрэ фи лэжьыгъэ мытыншым фIыгъуэ мылъытэ къыфхудэкIуэу фыпсэуну сынывохъуэхъу!
КъБР-м Лэжьыгъэмрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ и министр.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28478.txt"
} |
Куэд дыдэ къызэщIэзыубыдэ школ театр
Налшык къалэм и курыт еджапIэ №32-м и цIыхубэ литературэ театру IутIыж Борис и цIэр зезыхьэм и унафэщI, КъБР-м гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Тхьэзэплъыж Ислъам ныбжьыщIэ театрыр къызэрызэригъэпэщрэ илъэс, езы студиер илъэситху щрикъум ирихьэлIэу упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащ.
Тхьэзэплъыж Ислъам. — Ислъам, республикэм и щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ зегъэужьыным хэлъхьэныгъэфI зэрыхуэпщIам дыщыгъуазэщ. Ар IэщIагъэ зэрыпхуэхъуам утезгъэпсэлъыхьынут.
— Москва щэнхабзэмкIэ и къэрал институтым (иджы университетщ) и театрым и режиссер къудамэр 1971 гъэм къэзухащ. ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым къэзгъэзэжри, актеру, режиссеру илъэситхукIэ сыщылэжьащ. А зэманым къриубыдэу спектаклищ згъэуващ, театрым сыщыджэгуащ. Роль нэхъ ин дыдэ щызгъэзэщIэну къысхуихуар «Жин фIыцIэ» спектаклырщ. Ди артист гъуэзэджэхэу ДыщэкI КIунэ, Тхьэзэплъыж Азрэт, Срыкъуэ ХьэмщIасэ, ЖьакIэмыхъу КIунэ, Мысостышхуэ Пщызэбий сымэ сахыхьагъащIэу а пьесэм делэжьын щIэддзауэ щытащ.
КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм 1976 — 2003 гъэхэм сыщылэжьащ инспектору, инспектор нэхъыжьу, IэщIагъэлI нэхъыщхьэу, гъуазджэмкIэ къудамэм и унафэщIу, щэнхабзэмкIэ министрым и къуэдзэу. А зэманым си творческэ лэжьыгъэри IэщIыб сщIакъым. Къэралым, республикэм я махуэшхуэхэм хуагъэхьэзыр концерт программэ инхэр къызэзыгъэпэщахэм сахэтащ. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, Москва, Липецк, Ростов къалэхэм, Ярославль областым, Адыгэ Республикэм, нэгъуэщI щIыпIэхэм КъБР-м и щэнхабзэм и махуэхэу щедгъэкIуэкIахэр. КъищынэмыщIауэ, министерствэм сыщыщылэжьа зэманым режиссер IэщIагъэри IэщIыб сщIакъым. 1989 гъэм щыщIэдзауэ илъэс 20-м щIигъукIэ училищэхэм, курыт школхэм театр студие къыщызэзгъэпэщурэ сылэжьащ, IутIыж Борис и цIэр зезыхьэ литературэ театрым и лъабжьэр щыдгъэтIылъари абы щыгъуэщ.
ЛIуп Ислъамрэ Сэбаншы Залинэрэ «Къамботрэ Лацэрэ» спектаклым щоджэгу. — Ислъам, литературэ театр къызэрызэбгъэпэщам, абы щебгъэкIуэкI лэжьыгъэм я гугъу къытхуэщIыт.
— Пенсэм сыкIуэу зыщызгъэпсэхуну ныбжьыр къыщыблагъэм, си хьэл-щэнымрэ псэукIэмрэ унэм щIэсыныр зэремызэгъынур къызгурыIуащ. Апхуэдэу щыхъум, Сабий творчествэмкIэ республикэ унэм 2004 гъэм лэжьэн щыщIэздзащ. Абы ныбжьыщIэу минитхум щIигъу зэрекIуалIэр къэплъытэмэ, гурыIуэгъуэщ, театр къызэбгъэпэщын папщIэ, узыхуеину псори абы къызэрыщыплъымысынур. Дылэжьэн папщIэ Iэмал псори Налшык къалэм и курыт еджапIэ №32-м щыIэщ: репетицэ щедгъэкIуэкIын пэши, зыкъыщыдгъэлъэгъуэн утыкуи, ди хьэпшыпхэр щытхъумэн плIанэпи.
90 гъэхэм Кэнжэ къыщызэзгъэпэщауэ щыта драмкружокым иджы сыщылажьэ школым и унафэщI Блэныхь Къазбэчи хэту щытащ. Ар къэзгъэсэбэпщ, ди унафэщIымрэ абырэ зэпысщIэри, еджапIэм литературэ театрыр щылэжьэну зэгурыIуащ.
«ДжэгуакIуэ» зыфIэтща ди студием ныбжьыщIэ 25-рэ къокIуалIэ. Абы щыщу цIыху зыщыплIщ нэгъуэщI школхэм къикIыр, нэхъыбэр мы еджапIэм щыщщ. Аращи, Iэмалыншэу джэгуакIуэхэм сахуей хъумэ, сабийхэр псынщIэу къызогъуэт. Нэхъыщхьэр ди лэжьыгъэр зэблэмыунырщ.
IутIыж Борис и «МафIащхьэтыхь» теплъэгъуэм щыщщ. Сабийхэм утыку итыкIэ ебгъащIэу спектаклым щыбгъэджэгун, сценэм мыукIытэу иту ебгъэсэн папщIэ, нэхъ мащIэ дыдэу илъэскIэ е тIукIэ уадэлэжьэн хуейщ. НыбжьыщIэхэм я псэлъэкIэм, я жьэнахуагъэм зегъэужьыным солIалIэ. Ар зэбгъэхъулIэнымкIэ IэмалыфIщ псалъэжьхэр, псалъэ шэрыуэхэр, псынщIэрыпсалъэхэр. Куэд елъытащ артистхэр я пэм къимыпсэлъыкIыу, жаIэр гурыIуэгъуэу, и гъусэм едэIуэфу, абы жэуап иритыжыфу утыку итыным. Аращ адыгэ студиеу къызэдгъэпэща мы театрым и къалэн нэхъыщхьэри.
Школ театрыр къызэгъэпэщыным гугъуехь нэхъ ин дыдэу хэлъыр сабийхэр утыку итыкIэм хуэбгъэхьэзыру спектаклхэм щыджэгуф щыхъумрэ школыр къыщаухымрэ зэрызэтехуэрщ. Иджы Iэмалу щыIэр сыт? НыбжьыщIэхэр нэхъ пасэу къыхэхынырщ, ауэ ещанэ, еплIанэ классхэм щеджэхэм театрыр зищIысыр къагурыбгъэIуэну, театрыбзэкIэ уепсэлъэну гугъущ. ИлъэситIым къриубыдэу сабийхэр утыкум щызекIуэфу, щызэпсэлъэфу, щыгупсысэфу егъэсэн хуейщ, ар зи къалэныр студиеращ. Абы зыщызыгъэса цIыкIухэр спектаклхэм щоджэгуф, литературэ театрым и джэгуакIуэу залъытэж мэхъу.
ЖыIапхъэщ, IутIыж Борис хуэдэ тхакIуэ, драматург Iэзэ, драмэ гъуазджэм фIыуэ хэзыщIыкI адыгэм дызэримыIар. Пьесэ 25-м нэблагъэ итхати, и зы тхыгъи семыджэу блэзгъэкIакъым. Пьеси 10-м нэблагъэр къэтщтащ. Театрым дыдэлажьэурэ Борис и пьесэ зыбжанэ — «Тыргъэтауэ», «Дамэлей», «Эдип» жыпIэми, дгъэуващ. Абы и пьесэхэм литературэ нэгъэсар я лъабжьэщ, я бзэр къулейщ, удэзыхьэхщ. Къэбэрдейм и драмэ гъуазджэм апхуэдиз хэлъхьэныгъэ зэрыхуищIам сригъэгупсысащ ди школ театрыр IутIыж Борис и творчествэм нэхъ зэрыпэгъунэгъум. Апхуэдэу, хуэмурэ и тхыгъэхэр къатщтэурэ, сабийхэм адыгэбзэкIэ садэлажьэу щIэздзащ. УсэбзэкIэ тха тхыгъэхэрт гулъытэ нэхъ зыхуэсщIыр. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, ЩоджэнцIыкIу Алий драматургыу щытакъым. «Къамботрэ Лацэрэ» романыр, «Мадинэ» поэмэр усэбзэкIэ тхащ, ауэ абыхэм елэжьыжа нэгъуэщI тхакIуэхэм пьесэ теплъэ иратащ.
«МафIащхьэтыхь» теплъэгъуэм сабийхэр щоджэгу. Литературэм и классикхэр джыным школ программэм зэман мащIэщ хухахыр. Псалъэм папщIэ, Лермонтов Михаил зымыцIыху, абы и тхыгъэ гъуэзэджэхэм емыджа куэд щыIэщ. Аращ ди лъэпкъ литературэм, абы и драматургием деж дыкъыщызэтемыувыIэу Лермонтов Михаил и «КIуэрыкIуэсэжыр» бгырыс хъыбарыр спектаклу щIэдгъэувар. Урыс тхакIуэшхуэхэу Пушкин Александр, Лермонтов Михаил, Толстой Лев сымэ, нэгъуэщIхэми адыгэ лъэпкъым зэрытетхыхьам щызгъэгъуэзэну си мурадщ. Псалъэм папщIэ, Лермонтовым нэхъыфIу дыкъилъагъуу, нэхъ тпэгъунэгъуу икIи игу къытщIэгъуу щытащ. Аращ абы и тхыгъэхэм гулъытэ щIыхуэтщIам и щхьэусыгъуэри. Сабий тхакIуэ нэхъыфI дыдэхэм ящыщ Чуковский Корней и «Тараканище» тхыгъэри дгъэуващ.
Япэ дыдэу утыку къитхьар IутIыж Борис и «Нартхэ я дыгъэ» пьесэм къытетщIыкIа спектаклым и япэ Iыхьэрщ. Абы къыкIэлъыкIуащ ЩоджэнцIыкIу Алий и «Къамботрэ Лацэрэ» романым къытетщIыкIар.
— Театрым лэжьэн зэрыщIидзэрэ зэман куэд дэмыкIами, зэфIэвгъэкIахэр мащIэкъым. ДяпэкIэ сытхэм фелэжьыну фи мурад?
— Пэж дыдэу, иджыри лэжьыгъэшхуэ къытпэщылъщ. ТхакIуэ, усакIуэ телъыджэ МэшбащIэ Исхьэкъ и усэхэм къытетщIыкIа литературэ композицэм иджыпсту долэжь. Айтматов Чингиз и «Махуэр лIэщIыгъуэм нэхърэ нэхъ кIыхьщ» тхыгъэм щыщ пычыгъуэ адыгэбзэм къизгъэзагъэу инсценировкэ сщIыну си мурадщ. Нэхъ ищхьэкIэ зэрыжысIащи, ди театрым IутIыж Борис и тхыгъэхэм сыт щыгъуи увыпIэ хэха щаубыдынущ.
Ди театрым литературэ лъабжьэфI иIэн папщIэ, усэбзэр нэхъ текIуэу щытын хуейуэ къызолъытэ. Адыгэбзэм ирипсалъэ дэтхэнэми литературэбзэр ищIэркъым. КъызэрыгуэкI бзэмрэ литературэбзэмрэ зэщхьэщокI. А Iуэхум елэжьын, сабийхэм я гур купщIэ зиIэ, бзэ къулейкIэ тха усэм къыхузэIухын хуейщ.
— Адыгэбзэм и щытыкIэм, дапщэщи хуэдэу, иджыпстуи куэд егъэгузавэ… ЩIэблэм я анэдэлъхубзэр егъэфIэкIуэнымкIэ, дауи, театрыр IэмалыфIщ…
— Адыгэбзэм и щытыкIэм утегузэвыхьми, куэдрэ ущIытетхьэусыхэн щыIэкъым. Утхьэусыхэ нэхърэ утелажьэмэ, щхьэж езым хузэфIэкI мащIэр хилъхьэмэ нэхъыфIщ. Сэ схузэфIэкIыр арати, зи бзэм ирипсэлъэну, иригупсысэну къызэгугъуэкI щIалэ, хъыджэбз гуп зэхуэсшэсауэ садолажьэ, си щIэныгъэмкIэ садогуашэ. Школ театрыр къыщIызэдгъэпэща щхьэусыгъуэхэм ящыщщ адыгэбзэм курыт школым щыхухах сыхьэт бжыгъэр зэрымащIэр, къэбэрдей литературэр куууэ ныбжьыщIэхэм ирагъэджыну Iэмал зэрамыIэр. Школым адыгэбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэджхэм урок зэIуха щаткIэ, театрым и Iэмалхэр къызэрагъэсэбэпыну щIыкIэмкIэ чэнджэщэгъу сахуохъу.
«Нартхэ я дыгъэ» спектаклыр щыдгъэувым, Ныр Астемыр си деж къэкIуат, адыгэбзэкIэ зы псалъи имыщIэу. Абы зэрыжиIэмкIэ, и анэдэлъхубзэр зригъэщIэну щIэхъуэпсырт. Пэжыр жыпIэмэ, щIалэм и псэлъэкIэм шэч къытрызигъэхьат ар хузэфIэкIыным. Ауэ зы илъэсым къриубыдэу бзэр абы фIыуэ къызэрищтар умыгъэщIэгъуэнкIэ Iэмал иIэкъым. Пэжу, щIалэр гугъу езгъэхьащ. Спектаклым хэт тхьэмадэм и ролыр зыгъэзащIэрат псалъэ нэхъыбэ дыдэ зиIэр. Астемыр и теплъэкIэ, и хьэл-щэнкIэ абы нэхъ зэрыпэгъунэгъур къэслъытэри, а ролыр хуэзгъэфэщащ.
Театрым ухэтыну гугъущ, куэд уеджэн, угупсысэн, къэхутэныгъэ зэхуэмыдэхэр ебгъэкIуэкIын, тхыгъэр зи IэдакъэщIэкIым и гъащIэмрэ и гуащIэмрэ пэгъунэгъу зыпщIын, ар щекIуэкI лъэхъэнэм зыхэбгъэгъуэзэн жыхуэпIэхэр лэжьыгъэ къызэрыгуэкIкъым.
— Ислъам, къызэрызгурыIуамкIэ, театр гъуазджэм къыдэкIуэу, ныбжьыщIэхэр хабзэм, нэмысым хывогъэгъуазэ, художественнэ тхыгъэхэр къэвгъэсэбэпкIэрэ…
— Апхуэдэ щапхъэхэр гъунэжми, мы зы Iуэхугъуэр къэзгъэлъэгъуэнщ. «Мадинэ» спектаклыр щыдгъэувым, ягурызгъэIуэну иужь ситт дэтхэнэ зы адэ-анэми я быныр насыпыфIэ хъумэ нэхъ къызэращтэр. Мыбдежым Дадусэ и пхъур фIыуэ илъагъум дигъэкIуэсэну хэтми, жагъуэлIым иримыщэн папщIэ а Iэмалым хуэкIуауэ арат. Джэрий и мылъкум хэкIыжми, Мадинэ Заур насыпыфIэ дэхъуныр нэхъ къищтэрт, армыхъумэ, пщIэ иIэу, екIуу, хабзэм тету пхъур унагъуэ хъуным дэтхэнэри зэрыщIэхъуэпсым сащыхутепсэлъыхьым, Дадусэ и ролыр зыгъэзащIэ хъыджэбз цIыкIур абы арэзы техъуакъым, мылъку зиIэ Джэрий зэрыдэмыкIуар фIэзахуэтэкъым. Иджы къэунэхуа технологиехэм ныбжьыщIэхэм я гупсысэкIэр зэтрихуащ, армыхъумэ, Дадусэ и гуращэр къагурыIуэн хуейт. Аращи, хабзэ, нэмыс, бзэ, психологие жыпIэми, театрым куэд дыдэ къызэщIеубыдэ.
Си гъэсэн дэтхэнэ джэгуакIуэ ныбжьыщIэри IутIыж Борис и цIэр зезыхьэ литературэ театрым иригушхуэу, ирипагэу щIидзэмэ, си мурадыр къызэхъулIауэ слъытэнущ.
Епсэлъар ТЕКIУЖЬ Заретэщ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28482.txt"
} |
Зыужьыныгъэр зи плъапIэхэр
Налшык къалэ щыIэ «Чайка» зыгъэпсэхупIэм иджыблагъэ щызэхэтащ дунейпсо щIэныгъэ конференц, «Проблемы методологии исследования государственно-правового развития народов Кавказа» фIэщыгъэр иIэу. МахуитIкIэ екIуэкIа зэIущIэм кърихьэлIат щIэныгъэлI куэд. Абыхэм ящыщт Ереван щыIэ «Манц» университетым и ректор Авакян Рубен, Баку дэт къэрал университетым и юридическэ къудамэм и декан Алиев Амир, Дон Iус Ростов щыIэ юридическэ институтым и профессор Шапсыгъ Дамир, Дагъыстэн къэрал университетым и профессор Исмаилов Магомед, нэгъуэщIхэри.
КОнференцым и лэжьыгъэм щIидзэн и пэ къихуэу, къызэхуэсахэм фIэхъус псалъэкIэ захуигъэзащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий. Урыс-Кавказ зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъу дакъикъэкIэ щыма нэужь, абы жиIащ мыпхуэдэ зэIущIэхэр Кавказ щIыналъэм щекIуэкIыным мыхьэнэшхуэ зэриIэр, ахэр зытепсэлъыхьыну Iуэхугъуэхэр хабзэм ирилажьэхэм я дежкIэ зэрыщхьэпэр.
УнэтIыныгъэ зыбжанэм тещIыхьауэ екIуэкIа конференцым и пэублэ зэIущIэм къыщыпсэлъахэм я лэжьыгъэхэр нэхъыбэу зытеухуауэ щытар утыку кърахьа Iуэхугъуэ нэхъыщхьэрат: Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм я къэрал-хабзэ зыужьыкIэм и къэхутэкIэм теухуа Iуэху еплъыкIэхэм, лъэпкъ щхьэхуэхэм я къэралыгъуэ зыужьыкIэм и тхыдэмрэ дунейпсо зэхущытыкIэхэм Кавказым щыпсэу лъэпкъхэр зэрыхыхьэфымрэ.
Къыхэзгъэщыну сыхуейт Баку къикIа щIэныгъэлI Авакян Рубен и лэжьыгъэм хэлъа къэхутэныгъэхэр куэдым гъэщIэгъуэн зэращыхъуар. Абы къызэригъэлъэгъуамкIэ, ижь зэманым и тхыдэм ухэплъэжмэ, Кавказым щыпсэуа лъэпкъхэмрэ ермэлыхэмрэ я суд щIэкIэмрэ хабзэ зехьэкIэмрэ зэщхьу куэд хэлъащ. Хьэт къэралыгъуэмрэ Киликие армян пщыгъуэмрэ я судебникхэм зэтехуэу къыщагъуэтахэр щыхьэт тохъуэ тхыдэджхэм я Iуэху еплъыкIэм.
— Мы конференцым мыхьэнэшхуэ зэриIэр хэт дежкIи гурыIуэгъуэщ. Абы и фIыгъэкIэ ди тхыдэм и напэкIуэцIхэм иджыри зэ дриплъэжащ, блэкIам гулъытэ зэрыхуэтщIыр къэдгъэлъэгъуащ, — жиIащ профессор Авакян.
Конференцым и секцэхэм щIэныгъэ лэжьыгъэу 30-м нэс къыщагъэлъэгъуащ.
Дон Iус Ростов щыIэ юридическэ институтым и профессор Шапсыгъ Дамир къызэрыджиIамкIэ, мыпхуэдэ зэIущIэхэр илъэс ещанэ хъуауэ зэхуашэс. Мыбы къыщаIэта Iуэхугъуэхэм хуэгъэзауэ лэжьыгъэшхуэ ирагъэкIуэкI щIэныгъэлI гупым. Абыхэм ящыщщ «Антология памятников права народов Кавказа» фIэщыгъэцIэр иIэу тхылъ 11 къыдагъэкIар. А бжыгъэм щыщу 5-р адыгэхэм, къэзакъхэм, къалмыкъхэм, балъкъэрхэм, къэрэшейхэм ятеухуащ.
— ИпэкIэ екIуэкIа зэIущIитIым нобэрейр къазэрыщхьэщыкIыр сыт жыпIэмэ, дэ иджы и гугъу тщIащ лъэпкъ тхыдэхэм къыщыгъэлъэгъуа Iуэхугъуэхэм худиIэ еплъыкIэм зегъэхъуэжын зэрыхуейм. ЦIыхухэм я гупсысэкIэр зэрызэтемыхуэм хуэдэу, щIэныгъэлIхэм я Iуэху еплъыкIэхэри зэхуэмыдэщ. Ауэ, тхыдэ, хабзэ, юридическэ хабзэ я лъэныкъуэкIэ зы Iуэху еплъыкIэ лъэпкъхэм зэдаIэпхъэщ, абыхэм лъабжьэу яIэн хуейри Урысей Федерацэ къэралыгъуэм щыгъэува хабзэхэрщ, — жиIащ Шапсыгъым.
Щоджэн Iэминат.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28489.txt"
} |
Адыгэ нысашэр ягъэлъагъуэ
Урысей Федерацэм ис лъэпкъхэм я хьэгъуэлIыгъуэ щIыкIэр «Россия 1» каналым документальнэ киномкIэ и «Единая медиагруппа» телестудием егъэхьэзыр. Ар федеральнэ каналым мы бжьыхьэм игъэлъэгъуэну и мурадщ.
«Свадебный генерал» зыфIаща мы проектыр серие 12 хъуну хуагъэфащэ. КъызэрыгуэкI цIыхухэм я гъащIэмрэ я зэхущытыкIэмрэ къызэрагъэлъагъуэм и мызакъуэу, лъэпкъ щэнхабзэм хэлъ щхьэхуэныгъэхэм, псалъэм папщIэ, щIалэмрэ хъыджэбзымрэ зэрызэхуэзам, гурыщIэ зэрызэхуащIам тепсэлъыхьынущ.
Студием и лэжьакIуэ гупым трихыну хунэсащ нганасан, (Таймыр тундрэм щыпсэу лъэпкъ цIыкIущ), тэтэр, пасэрей урыс хьэгъуэлIыгъуэхэр. Иджы ахэр Налшык щыIащ, адыгэ хьэгъуэлIыгъуэр зэрекIуэкI щIыкIэр трахыу.
Хэгъэрейхэм гуапэ ящыхъуащ нэтыным и унафэщI, и проектхэмкIэ телевизореплъхэм фIыуэ къацIыхуа Белоголовцев Сергейрэ адрей лэжьакIуэхэмрэ Iуэхум хуэхьэзыру къызэрыкIуар. Къэбгъэлъагъуэмэ, адыгэхэм я щэнхабзэм, хабзэм теухуа куэдым зэрыщыгъуазэм къыдэкIуэу, лъэпкъ IуэрыIуатэми хащIыкIырт. КъыжыIапхъэщ гупыр хьэгъуэлIыгъуэм IэнэщIу къызэрымыкIуар, щауэмрэ нысащIэмрэ саугъэткIэ зэрахуэупсар. Белоголовцеври Iыхьэншэ ящIакъым — щIакIуэрэ пыIэрэ иратащ. Адыгэ фащэр щыгъыу и нэтыныр иригъэкIуэкIыну хэгъэрейхэр къигъэгугъащ.
Налшык къалэ ЗАГС-м и къудамэм и унафэщI Шэру Валентинэ зэрыжиIамкIэ, кином щхьэкIэ хэплъыхьу щауэмрэ нысащIэмрэ къыхахакъым. Ахэр — налшыкдэс Гъажэ Рустамрэ Джэрмэншык къуажэм щыщ Щоджэн Заирэрэщ. Я IэщIагъэкIэ тIури дохутырщ. Телепроектым и хьэтыркIэ хьэгъуэлIыгъуэм щIэ гуэри халъхьакъым. Рустамрэ Заирэрэ я мызакъуэу, а махуэм иджыри нэчыхь 25-рэ ятхати, щауэхэмрэ нысащIэхэмрэ къыхащыпыкIам хуэдэу зэкIужт, нэтыным хэбгъэхьэну яхуэфащэу.
Шэру Валентинэ къыхигъэщащ хьэгъуэлIыгъуэр адыгэ хабзэм тету ирагъэкIуэкIынымкIэ республикэм ис нэхъыжьхэри нэхъыщIэхэри зэрыакъылэгъур: нэхъыбэм адыгэ фащэр ящыгъыу нэчыхьыр ирагъэтх, унэишэмрэ щауэишыжымрэ ящI.
Мы документальнэ кином дэри нэгъуэщI нэкIэ дызригъэплъыжыну, Къэбэрдей-Балъкъэрым, къапщтэмэ, Кавказым, адрей лъэпкъхэр къызэрыхущытым фIы и лъэныкъуэкIэ зригъэхъуэжыну дыщогугъ.
ПЩЫГЪУЭШ Iэсият.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28491.txt"
} |
Къэжэр Валерэ Хьэшыр и къуэр
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щэнхабзэмрэ и щIэныгъэмрэ хэщIыныгъэшхуэ ягъуэтащ. Илъэс 64-нэм иту зэуэзэпсэу дунейм ехыжащ Урысейм и кавказыдж Iэзэ, адыгэхэм я тхыдэмрэ я этнологиемкIэ IэщIагъэлI, Къэбэрдей-Балъкъэр Респуб-ликэм щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор Къэжэр Валерэ Хьэшыр и къуэр.
Къэжэр Валерэ КъБАССР-м хыхьэ Сэрмакъ къуажэм 1949 гъэм шыщхьэIум и 19-м къыщалъхуащ. КъБКъУ-м и тхыдэ-филологие къудамэр къиуха нэужь, СССР-м ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием этнографиемкIэ и институтым 1971 гъэм щIэтIысхьащ икIи кавказыдж цIэрыIуэ Гарданов В. К. и унафэм щIэту «Сельская община у адыгов в первой половине XIX в. (поземельные отношения)» и кандидат диссертацэр, 1994 гъэм «Традиционные общественные институты кабардинцев и их кризис в конце XVIII — первой половине XIX вв.» и доктор диссертацэр игъэхьэзырри пхигъэкIащ.
ХIХ лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэм адыгэхэм я жылагъуэ гъащIэм щекIуэкIа зэхъуэкIыныгъэхэр къихутэжурэ, къэбэрдейхэм я феодальнэ псэукIэ-зэхэтыкIэм пыщIауэ щыта гугъуехь инхэм япэу и гугъу зыщIар Къэжэр Валерэщ. ИужькIэ «Кризис традиционного феодализма в Кабарде» (1986 гъ.) и лэжьыгъэм ар зыубгъуауэ щызэпкърихащ. Абы теухуауэ илъэс куэдкIэ иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэр щызэхуэхьэсащ «Адыгская хаса. Из истории сословно-представительских учреждений феодальной Черкесии» (Налшык, 1992 гъ.), «Адыгская вотчина. К проблеме основной социальной единицы адыгского феодального общества» (Налшык, 1993 гъ.), «Традиционные общественные институты кабардинцев и их кризис в конце ХVIII — первой половине ХIХ вв.» и лэжьыгъэм тхыдэм щыщ Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэр щызэкIэлъихьащ. Адыгэм и тхыдэм теу- хуа и къэхутэныгъэхэм кърикIуахэм щIэныгъэлI гупым ягъэхьэзыра лэжьыгъэхэм: «Современная государственность Кабардино-Балкарии: истоки, пути становле- ния, проблемы» (1999), «Адыгэ (шэрджэс) щIэнгъуазэ» (М., 2006), «Северный Кавказ в составе Российской империи» (М., 2007) зыщригъэубгъуащ.
Къэжэр В. Хь. и жэрдэмкIэ, «Исторический вестник»-р 2005 гъэм КъБИГИ-м къыщыдагъэкIыу щIадзащ. Кавказ Ищхъэрэм и мызакъуэу, дуней псом щыцIэрыIуэ еджагъэшхуэхэм Кавказым ис лъэпкъхэм я тхыдэмрэ этнографиемрэ теухуа я щIэныгъэ лэжьыгъэхэр абы трагъадзэ.
Куэдым къыхуигъэщIа щIэныгъэлI, и лъэпкъым и тхыдэ фэеплъымрэ и щэнхабзэ щIэинхэмрэ папщIэ гууз-лыуз зиIэ Къэжэр В. Хь. «Адыгские песни времен Кавказской войны» (2005 гъ.) тхылъым и хэзыгъэгъуазэ тхыгъэхэм ящыщ зыр игъэхьэзыращ.
«Адыгэ щIэнгъуазэр» (Мэзкуу, 2006) дунейм къызэрытехьар республикэм и щэнхабзэ гъащIэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэт. Тхыдэр къэзытIэщIыж очеркым нэхъыщхьэу елэжьахэм яхэтам и мызакъуэу, редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэ къалэнри и пщэм зэрилъу, Мейкъуапэ, Черкесск, нэгъуэщI къалэхэми щыщ щIэныгъэлIхэр зэпищIэу, абы лэжьыгъэ псори Налшык къыщызэригъэпэщащ. Къэжэр В. Хь. и жэрдэмкIэ щIэнгъуазэр гъэхьэзырыным и Iуэхум щIэныгъэлI щIалэхэри хашащ, я зэфIэкIым ирагъэплъыжащ, ди къэралми нэгъуэщI щIыпIэхэми я еджагъэшхуэхэм я деж пщIэшхуэ щызыгъуэта а лэжьыгъэ телъыджэр апхуэдэ щIыкIэкIэ дунейм къытехьащ.
Къэжэр В. Хь. и IэдакъэщIэкIхэр иджырей кавказыджхэм хуабжьу къахуэщхьэпащ. И къэхутэныгъэхэм абы щыщIигъэбыдащ адыгэхэм я шыфэлIыфэм, я тхыдэм щIэныгъэлIхэм хуаIэ еплъыкIэщIэм и лъабжьэр. Абы щагъэбелджыла Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэр, и гъукIэгъэсэнхэм я мызакъуэу, IэщIагъэлI куэдым къызэдащтэ. ЩIэныгъэлIым и дэтхэнэ лэжьыгъэми щIэупщIэшхуэ иIэщ, тхыдэ къэхутэныгъэхэм зрегъэужь. Абы хуитыныгъэ къыдет Къэжэр В. Хь. езым и щIэныгъэ еджапIэм лъабжьэ зэрыхуигъэтIылъыжар къыхэдгъэщыну.
Къэжэр В. Хь. и къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэм щIэныгъэ зэгухьэныгъэхэм я деж пщIэшхуэ щагъуэтащ. «Традиционные общественные институты кабардинцев и их кризис в конце ХVIII — первой половине ХIХ вв.» монографием КъБР-м и Къэрал саугъэтыр 1997 гъэм къыхуагъэфэщащ, и гуащIэм къыпэкIуэу «КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэр 1999 гъэм къыфIащащ.
Къэжэр В. Хь. щIэныгъэ-къызэгъэпэщыныгъэ лэжьыгъэм ехъулIэныгъэ нэрылъагъухэр щиIащ. 1993 гъэм къыщыщIэдзауэ Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым тхыдэмкIэ и къудамэр иунэтIащ, 1996 гъэм КъБИГИ-м аспирантурэ къыщызэIухыным къаруушхуэ ирихьэлIащ. Къэжэр В. Хь. щIэныгъэ унафэщIу зэрылэжьа зэманым къриубыдэу тхыдэмрэ этнологиемрэ хуеджа IэщIагъэлI пщIы бжыгъэхэр аспирантурэм къыщIигъэкIащ, абыхэм ящыщу нэхъ зэфIэкI зыбгъэдэлъхэр институтым щолажьэ.
Къэжэр В. Хь. акъыл жан зиIэ, фIэщхъуныгъэшхуэ зыхэлъ цIыху гуапэт икIи жыджэрт. И лэжьэгъухэми, псом япэу адыгэхэр, балъкъэрхэр, урысхэр, осетинхэр зыхэт и еджакIуэхэми, а псори нэIурыту щыдэплъагъурт.
Псэуху лэжьыгъэм къыпикIуэтакъым, гупсысэщIэхэр, мурадыфIхэр и куэдт, щIэныгъэм пыщIа псоми щыгъуазэт, и еджакIуэхэм яхуэсакъ зэпытт, Iуэхум тригъэгушхуэрт.
Къэжэр Валерэ Хьэшыр и къуэр гуапагъэшхуэ зыбгъэдэлъ, зи псэр зэIуха ныбжьэгъу пэжу, егъэджакIуэ Iущу икIи емызэшыжу дунейм тетащи, апхуэдэу игъащIэкIэ ди гум къинэнщ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым гуманитар
къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и лэжьакIуэхэр.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28494.txt"
} |
Subsets and Splits
No community queries yet
The top public SQL queries from the community will appear here once available.