text
stringlengths 11
353k
| meta
dict |
---|---|
Сирием щыщ ди къуэшхэм дадэвгъэIэпыкъу!
«Псори дызыхыхьэнщи, ди лъэпкъэгъухэм дадэIэпыкъунщ!» къыхуеджэныгъэм щIэту мэкъуауэгъуэм и 29-м сыхьэт 11-м Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм щекIуэкIынущ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и жэрдэмкIэ зэхуагъэс Дунейпсо адыгэ зэIущIэшхуэр. Ар зытеухуауэ щытынур иджыпсту зауэм и лыгъэм хэт Сирием щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм, абы къикIыжу адэжь хэкум къэкIуэжыфахэм я Iуэху зыIутырщ.
Дунейпсо адыгэ зэхыхьэшхуэм кърагъэблэгъащ ООН-м, ЮНЕСКО-м, Узыншагъэр хъумэнымкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэм, УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым хэтхэр, Къэрал Думэм и депутатхэр, УФ-м и Президентым и Администрацэм щыщхэр, апхуэдэу Тыркум, Иорданием, Израилым, Сирием, Германием, Великобританием, Голландием, Франджым, США-м, нэгъуэщI къэрал зыбжанэми я лIыкIуэхэр.
ДАХ-м къызэрилъытэмкIэ, оппозицэм иубыда къуажэхэмрэ куейхэмрэ ябгынэу Дамаск Iэпхъуа адыгэ унагъуэхэм я бжыгъэр мини 4-м ноблагъэ. Абыхэм зэрахузэфIэкIкIэ зыщIагъакъуэ а къэралым и къалащхьэм дэс ди лъэпкъэгъухэм. Апхуэдэу щыт пэтми, щтапIэ ихьэжахэм я Iуэхур икъукIэ хьэлъэщ.
Иджыпсту абыхэм дэIэпыкъуныгъэ гуэр иратын папщIэ кхъухьлъатэ зыбжанэ Дамаск ягъэкIуэфын хуейщ. Ар къызэгъэпэщынымкIэ, пыухыкIауэ зыхуеину мылъкумкIэ зэIущIэм щызэчэнджэщынущ.
ЗэIущIэр щекIуэкIыну махуэм Налшык дэт Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм и гупэм деж къыщызэрагъэпэщынущ Сирием щыщ ди лъэпкъэгъухэм ядэIэпыкъуным теухуа телемарафон. Гузэвэгъуэ хэхуа адыгэхэм зыгуэркIэ защIэзыгъэкъуэфыну псори ДАХ-м къыхуреджэ тумэни 10 нэхъ мыхъуми мы Iуэхум хилъхьэну.
Ахъшэр мы къыкIэлъыкIуэ счетми ифлъхьэ хъунущ:
ИНН 0711040610/ КПП 072101001
Расчетный счет 40703810060330000227
БИК 0407026660
Корсчет 30101810600000000660
В Кабардино-Балкарском ОСБ №8631, КБР, г. Нальчик, ул. Пушкина/Кешокова, 33-А/72
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28898.txt"
} |
Нобэ Фэеплъымрэ щыгъуэмрэ я махуэщ
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28915.txt"
} |
Мы махуэхэм
Мэкъуауэгъуэм и 22, щэбэт
Хэкур яхъумэурэ хэкIуэдахэм я фэеплъ махуэщ
1941 гъэм Хэку зауэшхуэр къэхъеящ.
1944 гъэм КъАССР-м и Министрхэм я Советым деж Архив управленэ къыщызэрагъэпэщащ.
1967 гъэм Налшык ПТУ №7-м и цIыхубз спортсменкэ 15 ди щыхьэрым щежьэри, лъакъуэрыгъажэкIэ Ленинград кIуэну гъуэгу техьащ.
Композитор, музыковед, ди лъэпкъ гъуазджэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа Авраамов Арсений къызэралъхурэ илъэси 123-рэ ирокъу.
Физиолог цIэрыIуэ, КъБКъУ-м и профессор КъуэщIысокъуэ Александр и ныбжьыр илъэс 72-рэ ирокъу.
Физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор ХьэпащIэ Юрий и ныбжьыр илъэс 65-рэ ирокъу.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 23 — 25-рэ, жэщым градус 14 — 16 щыхъунущ.
Мэкъуауэгъуэм и 23, тхьэмахуэ
Олимп дунейпсо махуэщ
ООН-м и къэрал къулыкъу щIэным и дунейпсо махуэщ
Фызабэхэм я дунейпсо махуэщ
1868 гъэм зэрыбкIэ зэрытрадзэ машинкэ къагупсысащ.
Тунисым президентымрэ парламентымрэ щыхах.
Албанием парламентым и депутатхэр щыхах.
Москва Къэрал Кремль уардэунэм щекIуэкIынущ мы гъэм курыт еджапIэхэр къэзыуххэм я гуфIэгъуэ пшыхь.
1941 гъэм Къэсейхьэблэ щыщ ТхьэмытлIокъуэ Хьэсэн КъухьэпIэ Украинэм и къэрал гъунапкъэр ихъумэу, лIыгъэ хэлъу и гъащIэр итащ: гранатэхэр щIэпхауэ фашист танкым зыщIидзэри, ар икъутащ, езыри хэкIуэдащ.
Парт, къэрал лэжьакIуэ, хьэрычэтыщIэ, псапащIэ, КъШР-м щыIэ Хьэбэз гипс заводым и унафэщI Аргун Олег и ныбжьыр илъэс 63-рэ ирокъу.
КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат КIэмыргуей Валентин и ныбжьыр илъэс 61-рэ ирокъу.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 22 — 26-рэ, жэщым градус 16 — 20 щыхъунущ.
Мэкъуауэгъуэм и 24, блыщхьэ
1937 гъэм Республикэм и Советхэм я чрезвычайнэ съездым къищтащ Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и япэ Конституцэр.
1945 гъэм Москва и Ут Плъыжьым ТекIуэныгъэм и парад щекIуэкIащ.
Филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, ЩIДАА-м и академик, УФ-ми АР-ми щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ КIэрашэ Зейнаб къыщалъхуа махуэщ.
Медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, АКъУ-м и профессор, УФ-м щIыхь зиIэ и дохутыр АфIэунэ Алий и ныбжьыр илъэс 77-рэ ирокъу.
Къэрал лэжьакIуэ, режиссер, УФ-ми Абхъазми гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Фырэ Руслан и ныбжьыр илъэс 62-рэ ирокъу.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 22 — 25-рэ, жэщым градус 16 — 18 щыхъунущ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28918.txt"
} |
Дунейпсо форумым хэтщ
Абхъаз. Республикэм и лIыкIуэхэу Президентым и Администрацэм и унафэщI Кубравэ Беслъэн, финансхэмкIэ министр Делбэ Владимир, хамэ къэрал IуэхухэмкIэ министрым и къуэдзэ Хинтбэ Ираклий сымэ Санкт-Петербург щекIуэкI Дунейпсо экономикэ форумым хэтщ.
КъызэгъэпэщакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, мыхьэнэшхуэ зиIэ а форумым зэхуишэсащ дуней псом и щIыналъэхэм я политикхэр, Iуэхузехьэхэр, еджагъэшхуэхэр, жылагъуэ, хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэр. Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир цIыху мини 5-м щIигъу зыхэт форумым и пленар зэIущIэм и купщIэ нэхъыщхьэ экономикэ зыужьыныгъэм теухуауэ къыщыпсэлъащ.
Дэнэ щIыпIи хуэдэу
Адыгей. Республикэм и къалащхьэ Мейкъуапэ дэт МафIэ мыужьыхым деж нобэ удз гъэгъахэр щагъэтIылъынущ.
Дзэ-хэкупсэ клубхэм я щIалэгъуалэр хэту, къалащхьэм фэеплъ Iуэхугъуэхэр щокIуэкI. Нобэ «Дружба» ПМДО-м и щIыпIэм щыгъуэ пэкIу щызэхэтынущ. Абы кърихьэлIэнущ Хэку зауэшхуэм и ветеранхэр, хэкIуэдахэм я щхьэгъусэхэр. ЩIалэгъуалэм дзэ щIыхьым и музейм зыщрагъэплъыхьынущ.
Сом мелард 1,7-рэ хухах
Къэрэшей-Шэрджэс. Республикэм и властхэм щIыналъэ программэхэр пхыгъэкIыным дызэрыт илъэсым сом мелард 1,7-рэ трагъэкIуэдэну я мурадщ.
Къэрэшей-Шэрджэсым и Iэтащхьэ Темрезов Рашид зэрыжиIамкIэ, 2013 гъэм щIыналъэ программэ 40 пхагъэкIыну, федеральнэ программэ 13-м хэтыну я мурадщ. «Ахэр щIыналъэм и дежкIэ социальнэ мыхьэнэ зиIэ программэхэрщ икIи щIыпIэ бюджетым абы сом мелард 1,7-м нэблагъэ хухихащ»,- къыхигъэщащ республикэм и Iэтащхьэм.
УЭРДОКЪУЭ Женя.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28920.txt"
} |
Ди щIалэхэм я щIыхьыр ягъэлъапIэу
Куржы-абхъаз зауэр зэриухрэ илъэс 20 зэрырикъум и саулыкъукIэ Апсным и ТекIуэныгъэм иращIэкIыну дауэдапщэхэм хэту, ди республикэм щохьэщIэ ди къуэшхэм я лIыкIуэ гуп. Абы хэтщ Абхъазым и ЛIыхъужьхэу Эшбэ Вячеслав, Ансибэ Виталий, Адлейбэ Заур, Абхъазым и Лиуан орденыр зыхуагъэфэща, Очамчыр къалэм и Iэтащхьэ Квеквескири Вячеслав, Лиуан орденыр зыхуагъэфэща, Абхъаз Республикэм и Парламентым и депутат, Лъэпкъ шынагъуэншагъэмрэ зыхъумэжыныгъэмкIэ абы и комитетым и унафэщI, Абхъазым и лIыхъужь Авидзбэ Фазлибей, Абхъазым и Президентым зыхъумэжыныгъэмкIэ и лIыкIуэ Нанбэ Закан. Гупым я пашэр Абхъазым Кавказ Ищхъэрэм хуиIэ зэпыщIэныгъэхэмкIэ Президентым и лIыкIуэ Чамагуа Лалэщ. Налшык къэкIуэн и пэ къихуэу ахэр Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ республикэхэм щыIащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым къыхуеблэгъа хьэщIэхэр Арщыдан, Нарткъалэ, Бахъсэн щIыналъэхэм кIуэри, Абхъазым и щхьэхуитыныгъэм зи псэр щIэзыта щIалэхэм я адэ-анэхэм иджыри зэ фIыщIэ хуащIри, илъэс тIощI и пэкIэ къахьа текIуэныгъэр щагъэлъапIэкIэ хэтыну ирагъэблэгъащ. Абы къищынэмыщIауэ, абыхэм удз гъэгъахэр тралъхьащ куржы-абхъаз зауэм хэкIуэда ди щIалэхэм я фэеплъым. Генерал-лейтенант Сосналы СулътIанрэ КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ Нало Зауррэ я сынхэм Iэ далъащ.
ХьэщIэхэмрэ бысымымрэ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм фэеплъ сурэт Мамий Руслан щытрихащ.
Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд Аб- хъазым къикIа лIыкIуэхэр Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и хьэщIэщым иригъэблагъэри, пресс-конференц щригъэкIуэ-кIащ.
Абхъазым и лIыкIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым зэрыщыIам теухуа тхыгъэ ди газетым и къыкIэлъыкIуэ къыдэкIыгъуэхэм ящыщ зым тетынущ.
Щомахуэ Залинэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28922.txt"
} |
Анэдэлъхубзэр зэраджым гулъытэ хэха хуащIынущ
КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Хьэсанэ Руслан махуэку кIуам иригъэкIуэкIащ КъБР-м и Парламентым и депутатхэр, щIэныгъэ лэжьакIуэхэр, егъэджакIуэхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр къызрихьэлIа зэIущIэр. Абы щытепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм егъэджэныгъэмкIэ и IуэхущIапIэхэм лъэпкъ-щIыналъэ унэтIыныгъэ зиIэ предметхэр зэрыщрагъэджым, адыгэбзэмкIэ, балъкъэрыбзэмкIэ егъэджакIуэу яхуримыкъур зыхуэдизым, анэдэлъхубзэр школхэм щезыгъэджхэр зыхуэфащэ учебникхэмрэ методикэмкIэ, тхылъхэмкIэ къызэрызэгъэпэщам.
ЗэIущIэм и пэщIэдзэм Правительствэм и УнафэщIым къыхигъэщхьэхукIащ дэтхэнэ лъэпкъри къызэтенэн папщIэ абы и бзэм зегъэужьыныр къалэн нэхъыщхьэ дыдэу зэрыщытыр. «Дэ ди анэдэлъхубзэр дымыджмэ, лъэпкъ театрхэм зегъэужьыным хуэфащэ гулъытэ хуэдмыщIмэ, республикэм адыгэбзэрэ балъкъэрыбзэкIэ къыщыдэкI газетхэм, журналхэм, тхылъхэм я бжыгъэм хэдмыгъахъуэмэ, абы нэгъуэщI къакIуэу елэжьынукъым. Ди анэдэлъхубзэмрэ щэнхабзэмрэ ди адэжьхэм къытхуагъэнащ икIи ахэр ди бынхэм, абыхэм я быныжхэм я деж нэтхьэсыну ди къалэнщ», — жиIащ Хьэсанэ Руслан.
ЕгъэджакIуэхэр лэжьыгъэм тегъэгушхуэнымкIэ щыIэ хэкIыпIэхэм, щIэблэ къэхъум анэдэлъхубзэр нэхъ куууэ егъэщIэнымкIэ Iэмалхэм теухуауэ щытащ адэкIэ зэIущIэм щекIуэкIа псалъэмакъыр.
КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Семэн Пщыкъан зэрыжиIамкIэ, «2007 — 2011 гъэхэм республикэм анэдэлъхубзэр зэрыщрагъэдж тхылъхэр къэгъэщIэрэщIэжыныр» республикэ программэ хэхам ипкъ иткIэ, адыгэбзэмкIэ, балъкъэрыбзэмкIэ учебникхэм хэлэжьыхьыжащ, методикэ тхылъхэр щIэуэ къыдагъэкIащ. «2012 — 2016 гъэхэм КъБР-м егъэджэныгъэм зыщегъэужьыныр» республикэ программэ хэхам и «Этнощэнхабзэ егъэджэныгъэм зегъэужьыныр» программэ къуэдзэм ипкъ иткIэ, федеральнэ къэрал стандартхэм къызэрагъэувым езэгъыу анэдэлъхубзэр зэрырагъэдж методикэр ирагъэфIакIуэ, апхуэдэу егъэджакIуэхэм я щIэныгъэм хагъахъуэ. Министрым зэрыжиIамкIэ, анэдэлъхубзэмкIэ кабинетхэм къыщагъэсэбэпын нэрылъагъу Iэмэпсымэу 200 къащэхуащ, КъБР-м ис лъэпкъхэм я бзэхэр хъумэнымрэ абыхэм зегъэужьынымрэ пыщIа Iуэхухэм хуегъэджэнымкIэ методикэ тхылъ къызэрыдагъэкIыным хуагъэхьэзыращ, апхуэдэу егъэджакIуэхэм я щIэныгъэм хэгъэхъуэнымкIэ план зэхалъхьащ. 2013 гъэм мультимедие Iэмэпсымэхэр, видео-аудиоматериалхэр, зэрырагъаджэ программэхэр, псалъалъэхэр зэхэлъхьэным трагъэкIуэдэн папщIэ республикэ бюджетым и ахъшэу сом мелуани 3-м нэблагъэ хухахащ.
Семэн Пщыкъан тепсэлъыхьащ школхэм я библиотекэхэм щIэлъ тхылъ бжыгъэм зэрыхагъахъуэм, республикэм и еджапIэ, егъэджакIуэ нэхъыфIхэм я лэжьэкIэр хэIущIыIу зэращIым, творческэ конкурсхэр зэрырагъэкIуэкIым. Ауэ, а псоми къадэкIуэу, гугъуехь пыухыкIахэри щыIэщ. Абыхэм ящыщщ лъэпкъ-щIыналъэ унэтIыныгъэ зиIэ предметхэмкIэ мультимедие программэхэр, анэдэлъхубзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэхэр школхэм зэрахуримыкъур.
Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и ректор Къарэмырзэ Барэсбий къыхилъхьащ анэдэлъхубзэр хъумэным, зегъэужьыным хуэгъэза Iуэху пыухыкIа зыбжанэ. Абыхэм ящыщу щIэны- гъэлIым къелъытэ фольклорыр, лъэпкъ этносыр зи лъабжьэ анимацэ фильмхэр гъэхьэзырыныр, лъэпкъ театрхэм зегъэужьыныр. Апхуэдэу ректорым къалэн нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщу къигъэлъэгъуащ егъэджакIуэм и пщIэр къэIэтыжыныр. Абы зэрыжиIамкIэ, анэдэлъхубзэмкIэ егъэджакIуэхэм улахуэ лъагэ етын, льготэ щхьэхуэхэр яхуэгъэувын хуейщ.
Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ институтым адыгэ филологиемкIэ и къудамэм и унафэщI ТIымыжь Хьэмыщэ тепсэлъыхьащ лъэпкъхэм я бзэхэм зегъэужьынымкIэ программэ зэхэлъхьэн, егъэджэныгъэмкIэ стандартыщIэхэр къэщтэн зэрыхуейм.
«Заман» газетым и редактор нэхъыщхьэ Аппаев Жамал къызэхуэсахэм гу лъаригъэтащ урысыбзэм къыдэкIуэу, ди республикэм къэралыбзэу щагъэува адыгэбзэмрэ балъкъэрыбзэмрэ нэхъ зыубгъуауэ къэгъэсэбэпын зэрыхуейм. Къапщтэмэ, куэдкIэ нэхъ тэмэмщ официальнэ IуэхущIапIэхэм, фирмэхэм, Iуэхутхьэбзэ зэмылIэужьыгъуэхэр зэфIэзыгъэкI организацэхэмрэ тыкуэнхэмрэ зэреджэр абыхэм я щIыхьэпIэхэм бзищкIэ тратхэмэ, рекламэ зэмылIэужьыгъуэхэр щагъэхьэзыркIэ а бзэхэр къагъэсэбэпмэ.
«Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд зэIущIэм къыщыхилъхьащ КъБР-м ис лъэпкъхэм я бзэхэр хъумэнымрэ абыхэм зегъэужьынымкIэ программэ зэхэлъхьэным пыщIа Iуэхухэр. Ар тепсэлъыхьащ бзэхэр школхэм зэрыщрагъэджыр егъэфIэкIуэнымкIэ хэкIыпIэхэм, анэдэлъхубзэр куууэ яджыным тезыгъэгушхуэ творческэ зэпеуэхэр къызэгъэпэщыным, абыхэм щытекIуахэм саугъэтхэр, грантхэр яхухэхыным. Апхуэдэу, ХьэфIыцIэ Мухьэмэд къызэрилъытэмкIэ, «Анэдэлъхубзэм и махуэ» гъэувын, еджакIуэхэр анэдэлъхубзэмрэ литературэмкIэ тхылъхэмкIэ пщIэншэу къызэгъэпэщын, методикэ центрхэр зэтегъэувэн хуейщ.
ЗэIущIэм кърихьэлIа егъэджакIуэхэри республикэм егъэджэныгъэмкIэ и IэнатIэм и органхэм я лэжьакIуэхэри акъылэгъу хъуащ лъэпкъыр хъумэнымрэ зегъэужьынымкIэ Iуэху нэхъыщхьэр бзэм хуэсакъыныр арауэ зэрыщытымкIэ. Языныкъуэхэм къыхалъхьащ пэщIэдзэ классхэм сабийхэр я анэдэлъхубзэкIэ щрагъаджэу зэрыщытам хуэкIуэжыну. Уеблэмэ, Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым и унафэщI Иуан Пётр къызэрилъытэмкIэ, анэдэлъхубзэмкIэ къызэрагъэпэщ егъэджэныгъэм и гуманитар Iыхьэм вузхэр къаухыху пащэн хуейщ. Дуней псор нэхъ зэпэгъунэгъу щыхъу, щызэгухьэ лъэхъэнэм, жиIащ щIэныгъэлIым, егъэджэныгъэр къэрал мардэхэм иту, гъэсэныгъэм лъэпкъ теплъэ иIэу къызэгъэпэщыпхъэщ.
ЗэIущIэм и кIэухым Правительствэм и УнафэщIым жиIащ зэIущIэм къыщыхалъхьа Iуэхухэм нэхъ куууэ хэплъэн икIи зэфIэгъэкIыпхъэхэр зэхилъхьэн папщIэ езым и къуэдзэ Портэ Галинэ и унафэм щIэту лэжьакIуэ гуп къызэрызэрагъэпэщынур.
КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я
пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28925.txt"
} |
«Анэм и щIыхь» медалыр тыным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и
Указ
Сабиитху, нэхъыбэ тэмэму зэрапIам папщIэ «Анэм и щIыхь» медалыр етын
Абыдэ Ларисэ Башир и пхъум — сабии 7-м я анэм
АфIэунэ Светланэ Мусэ и пхъум — сабии 5-м я анэм
Ахматовэ Анжелэ Хъызыр и пхъум — сабии 8-м я анэм
Бахъсэн Залинэ Хьэмидбий и пхъум — сабии 5-м я анэм
Бешевэ Ольгэ Константин и пхъум — сабии 5-м я анэм
Бозиевэ Маритэ Маштай и пхъум — сабии 5-м я анэм
Васильевэ Евгение Виктор и пхъум — сабии 5-м я анэм
Габачиевэ Заремэ Борис и пхъум — сабии 8-м я анэм
Гергоковэ Надеждэ Виктор и пхъум — сабии 8-м я анэм
Дадэ Евгение Егор и пхъум — сабии 9-м я анэм
Дахэ ФатIимэ Мухьэжид и пхъум — сабии 5-м я анэм
Девятиловэ Валентинэ Николай и пхъум — сабии 5-м я анэм
Дыгъужь Светланэ Хьэжмусэ и пхъум — сабии 7-м я анэм
Жаникаевэ Мадинэ Байрамыкъу и пхъум — сабии 5-м я анэм
Жыгун Маринэ Хьэжмухьэмэд и пхъум — сабии 5-м я анэм
Ибрэхьим Еленэ Пётр и пхъум — сабии 5-м я анэм
Къуэныкъуей Аленэ Сергей и пхъум — сабии 5-м я анэм
Капинос Светланэ Иван и пхъум — сабии 5-м я анэм
Къардэн Заритэ МуштIэ и пхъум — сабии 5-м я анэм
Къардэн Лусанэ Сэфарбий и пхъум — сабии 5-м я анэм
Килинэ Иринэ Пётр и пхъум — сабии 8-м я анэм
КIуащ Ритэ Хьэпагуэ и пхъум — сабии 5-м я анэм
Лафыщ Iэсият Владимир и пхъум — сабии 6-м я анэм
Мазикинэ Иринэ Александр и пхъум — сабии 5-м я анэм
Мамилэ Заремэ Залымхъан и пхъум — сабии 5-м я анэм
Матвеенкэ Наталие Николай и пхъум — сабии 5-м я анэм
МыгъуэлI Хьэуа Лъостэнбий и пхъум — сабии 10-м я анэм
Михайлик Наталие Виктор и пхъум — сабии 5-м я анэм
Мэкъей Нинэ Наурыз и пхъум — сабии 7-м я анэм
Мудрэн Анетэ Владимир и пхъум — сабии 5-м я анэм
Надь Любовь Антон и пхъум — сабии 6-м я анэм
Отаровэ Зурият Жамал и пхъум — сабии 7-м я анэм
Пшеничная Татьянэ Иван и пхъум — сабии 5-м я анэм
Русняк Верэ Анатолий и пхъум — сабии 6-м я анэм
Созаевэ Аминат СулътIан и пхъум — сабии 5-м я анэм
Стальмаковэ Людмилэ Павел и пхъум — сабии 10-м я анэм
Толгуровэ Людмилэ Далхат и пхъум — сабии 6-м я анэм
Тэхъу Аминат Инал и пхъум — сабии 6-м я анэм
Тэхъу Анжеликэ Олег и пхъум — сабии 6-м я анэм
Усубековэ Шарифэ Хьэжумар и пхъум — сабии 5-м я анэм
Уянаевэ Мадинэ Хьэдис и пхъум — сабии 5-м я анэм
Фадеевэ Надеждэ Яков и пхъум — сабии 6-м я анэм
ФIыцIэ Мадинэт Хьэжалий и пхъум — сабии 6-м я анэм
Хьэмжу Аксенэ Iэдиб и пхъум — сабии 5-м я анэм
Хъуран Муслъимэт Iэдэм и пхъум — сабии 5-м я анэм
Щауэ Ларусэ Сэфарбий и пхъум — сабии 5-м я анэм
Шэрий ФатIимэт Ахьмэд и пхъум — сабии 7-м я анэм
Шыбзыхъуэ Оксанэ Хьэбий и пхъум — сабии 5-м я анэм
Щокъум Анитэ Хьэзрит и пхъум — сабии 5-м я анэм
Эристаевэ Асият Магомед и пхъум — сабии 7-м я анэм
Юрковэ Иринэ Владимир и пхъум — сабии 5-м я анэм.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен
Налшык къалэ
2013 гъэм мэкъуауэгъуэм и 19-м
№94-УГ
АфIэунэ А. Л. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЩIыхь тхылъыр етыным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и
Указ
Узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэм зегъэужьыным къаруушхуэ зэрырихьэлIам, и IэщIагъэм зэрыхуэIэзэм икIи илъэс куэд лъандэрэ хьэлэлу зэрылажьэм папщIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЩIыхь тхылъыр етын АфIэунэ Анатолий Лэмэн и къуэм — Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Узыншагъэр хъумэнымрэ курортхэмкIэ и министерствэм и «Республикэ клиникэ сымаджэщ» узыншагъэр хъумэнымкIэ къэрал бюджет IуэхущIапIэм нэм и микрохирургиемкIэ и къудамэм и дохутырым-офтальмологым.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен
Налшык къалэ
2013 гъэм мэкъуауэгъуэм и 19-м
№95-УГ
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28927.txt"
} |
Бгы-лыжэ лъэхъэнэм пащэ
Iуащхьэмахуэ лъапэ бгы-лыжэ лъэхъэнэр мэлыжьыхьым щиух хабзэщ. АрщхьэкIэ, сноубордымрэ бгы-лыжэ спортымрэ дихьэххэм папщIэ «ЕпщыкIузанэ егъэзыпIэ» приют щIыпIэм къыщыщIэдзауэ «Мир» станцым нэс трассэр сыт щыгъуи зэIухащ.
Гъэмахуэ бгы-лыжэ лъэхъэнэм «Эльбрус» кIапсэ гъуэгум «Мир» станцым щегъэжьауэ «Бочки» станцым нэс удрешей.
Волгоград щыщ сноубордист Кузьмина Алёнэ къелъытэ Iуащхьэмахуэ лъапэ къыщыбжыхьыныр гухэхъуэгъуэ телъыджэу, сыту жыпIэмэ, Урысейм и закъуэщ гъэмахуэми щIымахуэ спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ зыбгъэнщIыну Iэмал щыбгъуэтыр.
КъБР-м и Май куейм щыщ спортсмен Хрячков Андрей и гупсысэмкIэ къыддэгуэшащ. «Мы щIыпIэр хьэлэмэтщ уэсыр зыфIэфIхэм я дежкIэ. Си зыгъэпсэхугъуэ махуэхэр мыбы щызохь. Уэсыр, жьы къабзэр, щIыуэпсым и дахагъэр — а псом гур хагъахъуэ», — жиIащ абы. Терскол щыщ фрирайдер Грудинин Павел дыщигъэгъуэзащ метр 4200 лъагагъкIэ зыпIэтмэ, уэс къесагъащIэм къыщыбжыхьыну Iэмал зэрыщыIэр.
Iуащхьэмахуэ лъапэ зыщагъэпсэхуну къокIуэ Урысейм, США-м, Европэм хыхьэ къэралхэм я альпинистхэр. Мыбы зыщыбгъэпсэху мэхъу бадзэуэгъуэм ику пщIондэ. Синоптикхэм зэрыжаIэмкIэ, мы гъэм гъэмахуэр егъэлеяуэ хуэбэнукъым, абы къыхэкIыуи Iуащхьэмахуэ лъапэ бгы-лыжэ лъэхъэнэм къыщыпащэну Iэмал щыIэщ.
Тарим Алисэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28931.txt"
} |
«Аль-Джаиш»-р Тыркум щыхагъащIэ
Урысей Федерацэм футболымкIэ и япэ дивизионым 2013 — 2014 гъэхэм щекIуэкIыну зэхьэзэхуэм Тыркум щызыхуэзыгъэхьэзыр «Спартак-Налшыкым» махуэку кIуам абы зэныбжьэгъугъэ зэIущIэ щригъэкIуэкIащ.
«Спартак-Налшыкымрэ» Катарым и «Аль-Джаиш» командэхэмрэ я зэIущIэм и пэ къихуэу.
Румын тренер Луческу Рэзван и унафэм щIэт «Аль-Джаиш» командэр Катарым щынэхъыфIхэм ящыщ зыщ икIи мыгъэрей зэхьэзэхуэм ещанэ увыпIэр щиIыгъщ. Ди щIалэхэр зыгъэсэныгъэхэм иригъэша пэтми, мы зэIущIэм хуэфэщэну ирихьэлIащ.
Джэгум и епщыкIутIанэ дакъикъэм «Спартак-Налшыкым» и гъуащхьэхъумэныкъуэ Чеботару Евгений бжыгъэр къызэIуихащ. АрщхьэкIэ мыгувэу Тыркум щыщ судьям ди гъуэм пенальти къригъэуащ икIи ар Катарым и футболистхэм Iэзэу ягъэзэщIащ. 38-нэ дакъикъэм аргуэру топыр метр пщыкIузым и деж щагъэтIысащ. Сирадзе Давид зэрыраудам къыхэкIыу, иджы къыхэжаныкIыну налшыкдэсхэм Iэмал ягъуэтащ. Ар абыхэм зыIэщIагъэкIакъым икIи Чеботару и фIыгъэкIэ етIуанэу япэ ищащ.
ЗэIущIэм и етIуанэ Iыхьэри пенальтикIэ къыщIидзащ. Болэ Руслан и ебгъэрыкIуэныгъэр яхузэтемыIыгъэу «Аль-Джаиш»-м и футболистхэм ар я гъуэм пэгъунэгъуу ираудащ. Лей къызытехьам метр пщыкIузым и деж щыту «илъ ищIэжащ» — 3:1.
Пенальти гъэувынкIэ иримыкъуа тырку судьям иджыри зэ ди гъуэм къригъэуащ, лъэныкъуэхэм я тIурытI хъун хуэдэу. Абы кIэух бжыгъэр 3:2-м хуигъэкIуащ.
Арати, Тыркум щригъэкIуэкIа япэ зэныбжьэгъугъэ зэIущIэм «Спартак-Налшыкыр» Катарым къикIахэм щытекIуащ. АдэкIэ я хьэрхуэрэгъуу щытынущ Ираным (мэкъуауэгъуэм и 25-м), Азербайджаным (мэкъуауэгъуэм и 30-м), Куржым (бадзэуэгъуэм и 1-м) я командэхэр.
Хьэтау Ислъам.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28933.txt"
} |
Джатэгъэжь Инал «Рубин»-м ирагъэблагъэ
Урысей Федерацэм футболымкIэ тIэунейрэ и чемпион, ди къэралым и командэ нэхъ лъэщ дыдэхэм ящыщ зы Къэзан и «Рубин»-м иджыри зы адыгэ щIалэ хыхьащ.
Израилым щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм къахэкIауэ иужьрей илъэсхэм Тэтэрстаным и командэ нэхъыщхьэм фIы дыдэу хэзэгъа Натхъуэ Бейбэсрэ абы и унэкъуэщ Адыгейм щыщ гъуащхьауэ щIалэщIэ дыдэ Амиррэ иджы гъусэ яхуэхъунущ Нарткъалэ къыщыхъуа икIи топджэгум зыщызыгъэса гъуащхьэхъумэ Джатэгъэжь Инал. Абы и ныбжьыр илъэс 26-рэ мэхъу. 2003 гъэм «Аруан» командэм хэту етIуанэ дивизионым джэгун щригъэжьащ. Илъэс дэкIри, Мэзкуу и «Локомотив»-м ирагъэблэгъащ. ИужькIэ — Мэзкуу и «Торпедо»-м, «Новгород Ищхъэрэм», «Волга»-м хэтащ. 2012 — 2013 гъэхэм «Ростов» командэм щыджэгуащ. Урысей Федерацэм и етIуанэ командэ къыхэхам хэту зэIущIищ иригъэкIуэкIащ.
Къэзан и «Рубин»-м илъэсиплIкIэ щыджэгуну Джатэгъэжьым щэбэт кIуам Iэ тридзащ.
— Сэ хуабжьу сыарэзыщ, — жиIащ Инал. — СыщогуфIыкI «Рубин»-м хуэдэ командэ лъэщым сызэрырагъэблэгъам. «Ростов»-м хэтхэр дыщызэхуэсыжам, къэзандэсхэр къызэрысщIэупщIэр къызжаIащ. Зэпсэлъэныгъэхэр дауэ екIуэкIами сщIэркъым, ауэ гуапэщ апхуэдэу фIыуэ Iуэхур зэриухар.
Европэм и лигэмрэ Урысей Федерацэм и чемпионатымрэ мы гъэм жыджэру хэтыну «Рубин»-м Джатэгъэжь Инал и зэфIэкIхэр здынэсыр къыщигъэлъэгъуэну Iэмал хъарзынэ къыкъуэкIащ. Шэч къытетхьэркъым адыгэ щIалэм ар нэсу къызэригъэсэбэпынум.
Жыласэ Заурбэч.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28937.txt"
} |
«Ислъэмей» телъыджэ
УФ-м и Правительствэм и саугъэтым и лауреат, «Адыгейм и ЩIыхь» медалыр зыхуагъэфэща, Адыгэ Республикэм уэрэдымрэ къафэмкIэ и къэрал ансамбль «Ислъэмейм» мы гъэм егъэлъапIэ къызэрыунэхурэ илъэс 22-рэ зэрырикъур. Иджыблагъэ абы программэщIэ щигъэлъэгъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым.
Гупым и унафэщIыр
Министр Къумахуэ Мухьэдин «КъБР-м и цIыхубэ артист» цIэ лъапIэм и дипломыр Нэхей Руслан иретыж. Нэхей Аслъэн Къасым и къуэр Адыгейм и композитор цIэрыIуэщ. Ар къыщалъхуащ икIи къыщыхъуащ Теувэж районым хыхьэ Джаджэхьэблэ къуажэм. 1976 гъэм абы къиухащ щэнхабзэм щыхурагъаджэу Краснодар дэт институтыр. 1978 гъэм Тбилиси къэрал консерваторэм Аслъэн щIэтIысхьэри, ехъулIэныгъэхэр иIэу 1983 гъэм къиухащ. Щэнхабзэм япэ лъэбакъуэ абы зэрыхичар джаз-гитаристущ.
Нэхейм итхащ «Раскаты далекого грома» япэ лъэпкъ оперэр, апхуэдэуи симфоние макъамэ инхэр, уэрэд купщIафIэхэр и Iэдакъэ къыщIэкIащ.
1985 гъэ лъандэрэ ар Урысейм и Композиторхэм я союзым хэтщ. Аслъэн и жэрдэмкIэ Адыгейм къыщызэIуахауэ щытащ республикэм и Композиторхэм я зэгухьэныгъэр, абы и правленэм и унафэщI IэнатIэр иIыгъащ 1992-1996 гъэхэм.
Нэхей Аслъэн и творческэ ехъулIэныгъэшхуэщ 1991 гъэм абы утыку къриша «Ислъэмей» ансамблыр. Ар нобэ зэфIэкIышхуэ зыбгъэдэлъ гупщ.
ЗыхузэфIэкIыр, нэхъ лъэщыр аракъэ?!
Ансамблым къалэн нэхъыщхьэу зыхуигъэувыжыр адыгэхэм я лъэпкъ уэрэдхэмрэ къэфэкIэхэмрэ къэгъэщIэрэщIэжынырщ, ахэр хъумэнырщ, ди щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ дуней псом хэIущIыIу щыщIынырщ.
«Ислъэмейр» Адыгейм и щэнхабзэр зыгъэдахэ гуп екIущ жыпIэныр мащIэщ. Урысейм и макъамэ щэнхабзэр зэрыщыту къапщтэми, абы хуэдэ ансамбль гъуэтыгъуей хъунущ. Апхуэдэу жытIэну дыщIытегушхуэм щхьэусыгъуэ пыухыкIа иIэщ. Ансамблым макъамэм и унэтIыныгъэ куэд къегъэсэбэп, абыхэм нобэрейм и теплъэ гуэрхэр иритми, лъэпкъ уэрэдым и купщIэр игъэкIуэдыркъым. Ар зыхузэфIэкIыр нэхъ лъэщыр аракъэ?!
Илъэс 22-рэ гъуэгуанэ къызэпызыча ансамблым зыкъыщигъэлъэгъуащ Урысей, Тырку, Иордание, Израиль, Алыдж, Инджылыз къэралыгъуэхэм, щIэх-щIэхыури ар Къэбэрдей-Балъкъэрым и хьэщIэ лъапIэщ. Ансамблыр фестиваль куэдым я лауреат хъуащ. ДэнэкIэ еблагъэми, «Ислъэмейм» гуапэу къыIуощIэ, игъэзащIэ уэрэдхэмкIэ сыт хуэдэ лъэпкъым щыщ цIыхуми и псэм, и гущIэм носыф. Абы къегъэлъагъуэр и лэжьыгъэр цIыхубэм дежкIэ уасэ зимыIэ хъугъуэфIыгъуэ зэрыхъуар.
Уэрэдрэ къэфэкIэ зэмылIэужьыгъуэу мы гупым 200-м нэблагъэ егъэзащIэ. Абыхэм яхэтщ ансамблым и унафэщIым зэхилъхьа и IэдакъэщIэкIхэри (рондо, элегие, вариацэ, н.). Гупым и макъамэ унафэщIщ КъБР-м, Адыгейм щIыхь зиIэ я артисткэ Лъыцэр Светланэ, хормейстерыр Адыгейм щIыхь зиIэ и артисткэ Агъыржэнокъуэ Саниятщ, балетмейстерыр Хьэжы Аслъэнщ.
ЗэфIэкI зиIэ ансамблым псалъэ гуапэ куэд хужаIащ:
ХьэIупэ ДжэбрэIил, композитор: «Ислъэмейм» и концертыр сюитэ дахэу тхащ, абы уэрэдымрэ къафэмрэ я симфониекIэ уеджэ хъунущ. Нэхей Аслъэн и макъамэм жанрыщIэхэр къыщытхузэIуех, ахэр щIэщыгъуэщ, гур хэзыгъахъуэщ».
Уэхъутэ Александр, УФ-м щыпсэу адыгэхэм я лъэпкъ-щэнхабзэ Хасэм и унафэщI: «СыщогуфIыкI Нэхей Аслъэн хуэдэ композитор Iэзэ, Адыгэ Республикэм уэрэдымрэ къафэмкIэ и къэрал ансамбль «Ислъэмей» лъэщыр зэрыдиIэм. Абыхэм я макъ зэхэсхыну, я къафэ телъыджэхэр слъагъуну си дежкIэ гухэхъуэщ. БлэкIа жыжьэмрэ нобэреймрэ зэпызыщIэ макъамэхэр зыхъумэ гупым фIыщIэ хузощI».
Эмрэ Дундар, тырку композитор: «Ислъэмейм» макъамэкIэ ди гущIэм къехьэс щэнхабзэм и купщIэр. Адыгэ уэрэдыжьхэр абы щигъэзащIэкIэ IэмалыщIэхэр къигъэсэбэпми, зыужьыныгъэ ярит фIэкI, и мыхьэнэм зригъэхъуэжыркъым. Гупсысэ куум ухэзышэ макъамэхэр гум йохуэбылIэ. Сыт хуэдэ ехъулIэныгъэ ансамблым зыIэригъэхьами, хуэфащэ дыдэщ».
Уджыхъу Ихьсан (Германие): «Къэрал куэдым сыщыIащ, лъэпкъ ансамбль Iэджи зэзгъэлъэгъуащ, ауэ «Ислъэмейм» хуэдэ зыщIыпIи сыщрихьэлIакъым. Гупым и унафэщIми и артистхэми я зэчийм уохъуапсэ. Уэрэдымрэ къафэмрэ лъэпкъым и бзэщ, и тхыдэщ. Дауэ уримыгушхуэнрэ гум хыхьэ уэрэдкIэ ансамбль къыщыпхуэупсэкIэ?! Ди щэнхабзэр дахэщ, ар зыгъэлъагъуэ «Ислъэмей» гупри телъыджэщ!».
УпщIэхэмрэ жэуапхэмрэ
Ансамблым Налшык щита концертым куэд пэплъащ. Пшыхьыр щIидзэн и пэ къихуэу, Нэхей Аслъэн журналистхэм IущIащ, и гупсысэ-мурадхэмкIэ ядэгуэшащ. Абы къыхигъэщащ Налшык къыздаша я концерт программэм щIэ куэди нэхъапэIуэкIэ ягъэзэщIа уэрэд, къафэ зэхуэмыдэхэри зэрыхэтыр. «ЦIыхум я гум дынэсрэ къытщыгуфIыкIмэ, абы нэхъ фIыгъуэ щыIэкъым», — жиIащ Аслъэн.
Журналистхэм къыхагъэщащ етIанэгъэ Сочэ щекIуэкIыну XVII ЩIымахуэ Олимп Джэгухэм и щэнхабзэ программэм ансамблыр хэтынкIэ зэрыхъунум теухуа хъыбар зэрызэхахар. Абы утыку къыщрахьэнум щIэупщIащ.
— ДиIэщ дгъэлъэгъуэн. Ди программэм хэтщ лъэпкъ макъамэр лъабжьэ зыхуэхъуа лэжьыгъэ инхэри иджырей мардэм къигъэзэгъа уэрэдыфIхэри. Ахэр псори зэрыдгъэзащIэр ди лъэпкъ макъамэ IэмэпсымэхэмкIэщ. Ди дежкIэ нэхъыщхьэр цIыхум дызыхащIэнырщ, ди Iуэхур къыддаIыгъынырщ, — жиIащ Аслъэн.
«Ислъэмейм» нобэ и гъуэгу хишыжащ, сыт хуэдэ лъэпкъми фIэгъэщIэгъуэнын хуэдэу. Гупым и унафэщIым къалэн нэхъыщхьэу зыхуигъэувыжыр адыгэ лъэпкъым щэнхабзэ лъэщ зэриIэр псоми къаригъэщIэнырщ.
«Макъамэмрэ уэрэдымрэ лъэпкъым и псэщ, — пищащ Нэхейм и гупсысэм. — Макъамэншэу къафэ зэрыщымыIэфынур хьэкъщ, абы къыхэкIыуи музыкэм гулъытэ хэха худощI. Мы зэманым къафэр нэхъыбэ хъуащ, абы уегъэгуфIэ, ауэ, уэрэд жызыIэр мащIэ дыдэщи, уегъэдзыхэ. Зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым уэрэдымрэ къафэмрэ зэрызэпхар, ди уэрэдыжьхэр дуней псом щыдгъэIун зэрыхуейр».
Адыгейм щыпсэухэм симфоние музыкэр дауэ зыхащIэрэ? Классикэ макъамэхэм теухуа концертхэр щIэх-щIэхыурэ щекIуэкIрэ а щIыпIэм? Ансамблыр абыхэм хэт? Мы упщIэхэми Нэхей Аслъэн жэуап иритащ. «Зы концерт екIуэкIыу къыщIэкIынкъым ди ансамблыр хэмыту. АрщхьэкIэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, академическэ макъамэхэр щыпэрыту схужыIэнукъым ди дежи фи республикэми. Псоми я зэхуэдэ уэрэд зэфэзэщхэр утыкум къихьэIуащи, макъамэ къабзэр щIыбагъ хъуащ. Зыми и жагъуэ сщIыну сыхуейкъым, ауэ апхуэдэ уэрэд цIрушрухэм цIыхум ахъшэ кърилэжь фIэкIа, сэбэп хъууэ сщIэркъым. СызэреплъымкIэ, щэнхабзэм и лэжьакIуэ нэсым тхыдэми, литературэми, гъуазджэми, я нэхъ мащIэрами, хищIыкIыпхъэщ, арыншауэ зыри къехъулIэнукъым», — пищащ Нэхейм.
Налшыкдэсхэр зыпэплъа пшыхьыр
Профсоюзхэм ЩэнхабзэмкIэ я унэм и утыкур а пщыхьэщхьэм игъэлыдащ Нэхейм и ансамблым. Пщащэхэр псым ес къыу хужьу, щIалэхэр къуданрэ уардэу… пшынауэ-бэрэбэнауэхэр-щэ?! Егъэлеяуэ псори телъыджэт…
Пшыхьыр къызэIуахащ «О чем плакала скрипка?» нарт симфониемрэ Хьэгъэудж Мухьэмэт и «ЗэхуэкIуэ» рапсодиемкIэ. Ахэр дэгъуэу ягъэзэщIащ КъБР-м, Адыгейм щIыхь зиIэ я артистхэу Лъыцэр Светланэ, Къумыкъу Шамсудин, Адыгейм и цIыхубэ артисткэ ХъуакIуэ Сусаннэ сымэ.
Ингуш Республикэм щIыхь зиIэ и артисткэ МэшбащIэ Саидэ «Къазбэч удж»-р и макъ дахэкIэ иришажьэри, артистхэм къафэ дахащэ къызэхуэсахэр ирагъэплъащ.
Утыку кърахьащ 2011 гъэм дыгъэгъазэм и 15-м япэу ягъэлъэгъуауэ щыта «Раскаты далекого грома» лъэпкъ оперэр. Оперэм Нэхей Аслъэн къыщигъэлъагъуэр XVIII лIэщIыгъуэм и кIэм Бзиикъуэ деж щекIуэкIауэ щыта зауэрщ. Къулейсызыгъэм къиша зауэ гуащIэм и тхыдэщ оперэр, цIыхубэмрэ пщыхэм я зауэлIхэмрэ я зэпэщIэувэныгъэщ зытеухуари. Акузэ и партиер игъэзэщIащ Кубань консерваторэр къэзыуха гупым хэт Дыгъужь Iэсият, Хьэгъурым ейр Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и артист Гуазэ Тимур жиIащ. «За всю печаль моих ночей» элегиер МэшлIыкъуэ Даринэрэ Щамырзэ Къазбэчрэ ягъэзэщIащ. «ЗэхуэкIуэ», «Удж-хъурей», «Ислъэмей», «ХьэпащIэ и уэрэд», нэгъуэщI хьэлэмэт куэди концертым щалъэгъуащ.
Пшыхьым къыщыпсэлъащ КъБР-м хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин. Ар къеджащ республикэм и Iэтащхьэм Iэ зыщIидза Унафэм. Абы итт: «Щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ зезыгъэужь, лъэпкъ зэпыщIэныгъэхэр зыгъэбыдэ Нэхей Аслъэн «КъБР-м и цIыхубэ артист» цIэ лъапIэр фIэщын». Къумахуэм къыхигъэщащ «Ислъэмейм» и концертхэр зытет дискхэр зэриIэр, хьэщIэ къыхуэкIуэмэ, нэхъ лъапIэ дыдэу къилъытэу абыхэм зэраригъэлъагъур. «Фи уэрэдхэмрэ къафэхэмкIэ ди блэкIам, ди сабиигъуэм дыхывошэжри, Тхьэм фригъэфIакIуэ», — жиIащ абы.
Нэхей Аслъэни и ансамблми я ехъулIэныгъэхэмкIэ ехъуэхъуащ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, композитор ХьэIупэ ДжэбрэIил сымэ.
БАГЪЭТЫР Луизэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28939.txt"
} |
Сэ сщIа псор жысIэжмэ
(КIэухыр. ПэщIэдзэр №117-м итщ).
Уэлэхьи, пщэдджыжьым езы пэлнэмочэ дыдэр къэкIуам «нэрад къэзытыну къэкIуам епщIар лIо?» жери. Уэлэхьыр алыхьым и цIэщ, КIапэдыгъухэ я пхъур сэ згъэIуща фIэкIа пщIэнт — зэмыщхьитI зэрихьэлIэркъым, жи. «Сыт къэхъуар, Залымхъан?» и напIэ мыхуалэу йоупщIым. «Нэрад къозытыну къыдыхьам псывэ къепкIыхащ, къэхъуар пщIэркъэ?» зигъэткIиинтэкъэ пэлнэмочэм. «Дыгъуэпшыхь сабийм сыхуэжьыщIати, сыкъыщIэкIын сышынэри, жьыщIэпсыр къыщIэскIыкIащ, Залымхъан, жи, сэ мыгъуэ дэнэ щысщIэнт жэщыбгым бжэIупэм Iутауэ? Хэт жэщыбгым нэрад зытыр, нэху щыжынукъэ?» КъыщыхигъэзыхькIэ, икIуэтыжыпIэ иIэжтэкъыми: «Уа, Залымхъан, жэщ нэрад зриту есам деж ирекIуэ а зи гугъу пщIыр. Сэ цIыхухъу къысщхьэщытщ. ЛIым и напэ тезыхым сахремыгъэгъуащэ. — ИтIанэ: — Хьэуэ, хьэуэ, къыIухьауи слъэгъуакъым, си жьыщIэпс лъэIэсауи сщIэIым». «Ара узытемыкIынур?» «Азалыхь, арамэ». «НтIэ, утемыкI. Тхьэ соIуэ лIыгъэ къыпкъуэкIамэ, нысащIэ», жиIэри пэлнэмочэр дэкIыжащ. Ауэ Хьэшым и фызым КIапэдыгъухэ я пхъум къыхуиIуэхуат: «СоукIытэ армыхъумэ, си лIыр зыгъэвэпхъа уэ фыз цIыкIум сынэкIуэнти IэплIэ уэсшэкIынт», — жиIэри. И гущхьэм уэтэпс дригъэщIагъэнт… ДригъэщIамэ, уэлэхьи, цIэ лей дэгъуэ къыхуигъуэтамэ. Абы иужькIэ Хьэшым къуажэм куэдрэ зыщиIэжьэжакъым…
…Ахэм фызым сригъэдэIуа нэужь, мащIэу зызгъэпсэхущ, тIэкIу сызэIурыури, сышэсыжащ сигу къыхэмыщтыкIыжу — нэхущым пщыIэм сытехьэжын хуэдэу. И фыз и гупэ щыхэжеящ жезгъэIэнт — пIэ щIыжамкIэ сенэцIэкIыурэ сышэсыжащ. АрщхьэкIэ, IэхъупIэ банэр къызэзнэкIыу джабэм сыкIэрыхьа нэужь, семыпсыхыжу хъуакъым — сыкъыщехыжым шыплIэм сыдэщатэмэ, иджы сыпощэтри шхуэм сопхъуэ, сыщепхъуэкIэ, и жьэр щIыуигъэтхъын, шым и щхьэр иредзэкIри къоувыIэ, лъэдакъэкIэ сыщеуэкIэ нейуэ къысхуоплъэкI, «а мыгъуэ, моуэ хуиту сынэдзэкъарэт», жиIэм ещхьу. ШхуэIур хуит щысщIыжкIэ, уэлэхьи, лъэпIастхъэу йолъмэ. Апхуэдэхэурэ дыдокI, фэху хуэдэ дихьэрэ шым и тхьэкIумитI зэхуакум сыдэплъмэ, уэгум ис вагъуэр слъагъуу. Щымыхъум сопсых, къалътмакъым си шырыкъуитIыр изолъхьэ. КIапэдыгъухэ я пхъум схуида хъыдан вакъэр лъызотIагъэ, къалътмакъыр шыплIэм тызопхэ, шхуэIур къыжьэдызох абыжми, уэлэхьи, шыкIэр соубыдри — перод! АрщхьэкIэ гъуэгумыгъуэ емыжьэн фызым вакъэ лъэгур цыр и щIыбу щIидауэ къыщIокIри, сымышэсыжу хъуркъым — мывэ джейм лъэрыжэу телъэтырт вакъитIыр. Сытми, апхуэдэу сышэс-сепсыхыурэ зыкъом ткIуауэ шым и тхьэкIумэхэр аргуэру зэблигъэплъу, хъущу щIедзэ. Мис иджы угузэвэнумэ къеблагъэ — зыщышынэ гуэрым и мэ къызэрыщIихьар шы и пIалъэ зыщIэ ТIорэ къыгурыIуэнтэкъэ? АрщхьэкIэ, неймыхьэнэ, сибг ищIа хьэджэсэмрэ чынутIымрэ фIэкIа Iэщэ жыхуаIэ сIэщIэлъкъым. Алыхьым ещIэ си гум шынэ къихьа, мэзым сыщIэплъэмэ, уэлэхьи, цIу гуэрхэр къыхолыдыкIри, дыгъужьынэ фIэкIа сымыщIэ. Ари мащIэ-фащIэ фи гугъэ? ЛъэныкъуитIым дэнэкIэ зызмыгъазэмэ, зэм нэхъ нур зэми нэхъ фагъуэ хъууэ нэхугъэ IэпапIэ цIыкIухэр къыщоблэ. Хьэм яшхыжын шыжьми и щхьэр еутхыпщI, мэпырхъ, а сыхьэтыпщIэм, уэлэхьи, мэзым къыхолъри дыгъужь зэрамыщIэж гуэрым зыкъедзым, Iэрыхуэ сыхуохъури, чынутIымкIэ «жьгъуатх» жиIэу соуэ. Хьэм хуэдэу пщIэууэ, дыгъужьыр мэзым щыхэпкIэжкIэ сигу нэхъ къызэрыгъуэтыжауэ чынутIыр согъэкIэрахъуэ, щыми плIыми сщIэркъым къыдэжар. Уэлэхьи, шыри и псэм тегужьеикIащи пхэ лъакъуэмкIэ зэпхоукIым, дзэкIэ мапхъуэм, тхьэ сIуэни дыгъужьхэми даутIыпщыну я пщIыхьэпIэ къыхэмыхуэ! Сытми дызэзауэ, дызэрыфыщIурэ дыкъыхагъэзыхьыпэ щыхъум, моуэ жыг къудамэ лъахъшэ къэслъагъури сыпхъуэщ абыи, уэлэхьи, зызодзым, зыкIэрызощIэм, шым лъэдакъэкIэ сыхукIэщIоуэри. Шыр хуит щыхъум пхэ лъакъуэмкIэ зэпхыукIыу, зы дыгъужь IуипIэри, хьэмкIэу зричащ. Ей, си тхьэмыщкIэжь мыгъуэ, уэлэхьэ, уэ дыгъужь быным уаIэщIэмыкIын, жысIэу жыг щхьэкIэм сыфIэтIысхьэри, сыкIэкуакуэу нэху щыху сытесащ сыкъехын езмыкуу. Сыкъеплъыхмэ, шы лъабжьэм къыщIидзыжа дыгъужьыр щылъщ, зэзэмызэ зигъэхъей хуэдэ къысфIэщIми, а зэрыукъуэдияуэ. Ауэрэ нэху къэщщ абыжми, жыгым сыкъепщыхыжащ, сэ щIэлъыкIар Iэ ижьымкIэ сIыгъыу. Дыгъужьым сыбгъэдыхьэмэ, дыгъужьтэкъым — дыгъужь хъуа унэхьэт. А зэман шэджэладжэм хьэ хьэулей куэд губгъуэм итащ, къахуэзэм зрадзу, пщIантIэхэм дыхьэрэ къаIэрыхьэр — иремэл иреджэд — къыдахыу, Iэщышхуэм дэнэ къэна, цIыхум иракуу. Дыгъужьым нэхърэ нэхъ шынагъуэт цIыху и пIалъэ зыщIэ хьэ хьэулейр, абы и мэ мэлыхъуэхьэ дыдэм къаубыдыфыркъым.
Баш кIэмщхьэмыжьыфI зэзгъэпэщри, джабэм сыкIэрыхьэжащ, си шыжь тхьэмыщкIэм и хьэдэкъупщхьэм дэнэ дей сыщыхуэзэну пIэрэ, жысIэу. АрщхьэкIэ шы шхахуэм и пIэкIэ си къалътмакъыжь тIэкIур гъуэгущхьэIум къыщызгъуэтыжащ. АдэкIэ сыдэкIуэтеймэ, нахъутэри щылът. Алыхьым ещIэ къызэрыпщIэхэхуар…
Дыгъэр моуэ-щэ зэкIэ уэсэпсым пэмылъэщыфын хуэдэу къыдэкIуеяуэ, мэз пщэдыкъым сыдыхьэжащ, гузэвэгъуэмрэ джабэ задэмрэ си лъэр щIахауэ. ПщыIэри жыжьэжтэкъым. Абдейм сетIысэхри, тIэкIу сыщысащ си лъакъуэдыгъуитI хуэш къыхыхьам ещхьу щIэкIызызыкIым адэкIэ самыхьу. Сыгуващи сыгуващ, азалыхьым сыкъихъумащ, шыкурыр ейщ, жысIэу сегупсысу. Куэдрэ сыщыса? СщIэжыркъым, ауэ си Iур щигъущыкIыпэм псынэ щIыIэ цIыкIу Iэгъуэблагъэм зэрыщыIэр сщIэрти, абыкIэ згъэзащ, хъуржыныр ауэ къэзгъанэри. Башыр зыщIэзгъакъуэурэ къуэ сэрэшым сыдыхьэрэ пэт къыздикIар сымылъэгъуауэ си пащхьэ мыщэ шыр дахэ цIыкIу къихутащ и нэ зэв цIыкIухэмкIэ къысхудэплъейуэ. Сыкъызэрелам сыкъигъэгумэщIарэ сакъ жыхуаIэр сымыщIэжу, соIэбэ акъуш цIыкIум сытелъэщIыхьыну, ауэ си Iэр мыщэц щабэм лъэIэсаи-лъэмыIэсаи жоуэ си щIыбагъымкIэ си псэр зыгъэкIыщта гъуагъуэ макъ шынагъуэр къыщыIуащ. Мы си щхьэфэм цы тетамэ, уэлэхьи, си упщIэ пыIэр къаIэтынтэм апхуэдизу сыкъэщтати. Сэ сщIэртэкъэ ар зи макъыр? Зи шырым тегужьеикIа мыщэ анэм узижагъуэри тхьэм пэщIимыгъахуэкIэ. Арати, зыкъэзгъазэмэ, мыщэ бэлацэжьыр уэс укхъуэм хуэдэу къуаци-чыци къыфIэмыIуэхуу къоукIурий, нэр темыпыIэу. Насыпыжьыр сиIэти, зыкъэзгъазэри си хьэджэсэр къиспхъуэтащ, баш чэмщхьэм сIэщIэлъри къэзгъэIэгъуащ. Абдежым мыщэри къосри кIэбдз лъакъуитIымкIэ зыкъеIэтым, уэлэхьи, къызжьэхопщхьэмэ, бамейр къызыжьэдих, хьэдзэ папцIэ гъуэжьхэр къызыIупс и жьэр ущIауэ. Си башыр согъэкIэрахъуэ, щIыбагъкIэ сокIуэт, мыщэм нэхъ псынщIэ зещI. Гъунэгъу къыщысхуэхъупэм, башыр и жьэм жьэдэсхуэн си гугъэу соший, арщхьэкIэ лъэбыцэжьым башыр хыфIихуэщ абыжми, къапхъуэри, лъэбжьанэкIэ си натIафэр кърибзыхащ, лъыкъуалэр къежэхрэ си нэм къыщIэлъадэу. Насыпыр алыхьым къызитати, а уахътым акъуш цIыкIур къыкъуэхури, мыщэр лъабжьэм къыкIэщIэзэрыхьащ. Абы мыщэр тIэкIу къыщызэтригъэувыIэм, джанэ IэщхьэмкIэ лъыр еслъэщIэкIри, сэр Iэ ижьым естащ. АрщхьэкIэ мобы куэдрэ зиIэжьэнт — и шырыр Iуидзри аргуэру зыкъызидзащ, зэрыхъуар сымыщIэу, уэлэхьи, и IэплIэм сыкъихутамэ. ГуIэгъуэр къылъыса нэужь, зылIыр лIибгъу мэхъу, — жи. НэгъуэщI сыт къысхуэнэрэ — зэрыслъэкIкIэ зысшэщIри, хьэджэсэмкIэ мыщэм сепыджащ, и плIэ лъакъуэ сызыIыгъхэр нэхъ къыщытIасхъэм, тхьэ соIуэ, сэр и гущхьэм хэсхуакIэ. ИтIанэ и IэплIэм сыкъикIэрэхъукIыжщ, жэрыгъэкIэ пэртыкъ хуэдэм сыдэжейри сыкъэувыжащ, ищIэнум сеплъу. Ей, си къуэш, мыщэр ерыщщ, ар уIэгъэу къэзыгъэувыIэн щыIэкъым, джалэу лIэмэ сщIэркъым армыхъумэ — лъыр къежэх щхьэкIэ къэмыувыIэу абы си ужьыр къеху, джабэ цIыкIум къыщыскIэ мэлъэпэрапэ, мэджалэ, къыщопщыжри, си дежкIэ зыкъедз. Зыкъидзми, солъагъу абы ихьыжын зэрыщымыIэр — и уIэгъэм лъыр къреутхыкI, мыщэ шырыри и ужьым икIыркъым, сэри лъэданэ синауэ сыщытщ. Сыт хуэдиз зэман дэкIами сщIэркъым, сытми, мыщэр хэIубауэ джалэри, афIэкIа къэтэджыжыну къеIэжакъым. Зэи сигу къыпылъэдат сехыу сепыджыну, арщхьэкIэ ескуакъым, — псэр IэфIщ, си къуэш.
Мыщэр зэрылIар хьэкъ сщыхъуа нэужьщ, си Iэпкълъэпкъыр щыщIэлIари, къару збгъэдэмылъыжу сыщетIысэхари. АпхуэдизкIэ сигурэ си щхьэрэ зэтекIати, тхьэ сIуэнщ, псэууэ сыкъызэрелам сызэрыщыгуфIыкIын къару симыIэжт. Ауэ мыщэ лIам и гъащIэкIэ убгъэдэсынт, си къалътмакъри къысхуэмыщтэжу пщыIэмкIэ сежьэжащ, фызым схуида хъыдан вакъэм язри згъэкIуэдауэ.
ПщыIэм сынэсыжмэ, си шыжь зи блатхьи, зи джаби, пхэщIыщхьи лъым зэхицIэлар, си лэжьэгъухэм къаухъуреяуэ зыгуэр жаIэ, я Iэр ящI, я щхьэр ягъэсыс — си гугъу ящI хъунт. Хьэм пщичын щыгъын сщымыгъыж жыхуаIэм хуэдэу, мыщэ лъэбжьанэм сызэхифыщIауэ сащыхыхьэжым къызэжэнтэкъэ? Си ныбжьэгъухэм сащыIуплъэм, си гур къызэфIэнэри, сыгъыу пщыIэ бжэIупэм сыщетIысэхащ. Абы щыгъуэ фIэкIа ТIорэ гъыуэ цIыхум щалъэгъуа, уэлэхьи, билэхьи, талэхьи къэмыхъуа. Ауэ а игъащIэм къэзмыгъар а уахътым иризмыгъэкъужамэ, тхьэгъэпцIкIэ хэт хуейми къызреджэ. Сигу пэщыху сыгъащ, итIанэ пщыIэм сыщIашэжри, зыкIэ къызэмыупщIу сагъэгъуэлъыжри мэжалIэм сыкъызэщигъэуху сагъэжиямэ, уэлэхьи. Мыщафэр трахщ, шыгъу траудэри, зыхуей хуагъэзауэ етIуанэ махуэм учетчикым къуажэм сыкъришэхыжащ, дохутыр зэгъэIэзэ, уIэгъэм уримыджэгу, жери. Арат си нэжьитIыр къызыхуикIыххэр.
Полнэмочэм игу илъ хэт зыщIэр? Хьэшым и Iыхьлыр пэкIэ псы ефэркъым. Дохутыр зэзгъэплъын хуейтэкъэ? Гъэмахуэ цIывыгъуэт, уIэгъэм хьэпIацIэ ирищIэныр бетэмалт. Хэт? КIуци? Хьэуэ, си къуэш, Iэзэ къыщIызэIэзэнрэ дыуэ-дыуэпс щIызэрахьэлIэ спкърыттэкъым, ауэ КIапэдыкъухэ я пхъум КIуцэ и дыуэр си щыгъыным дидат, сэ сымыщIэххэу дыуэпс сыщригъэфаи къэхъуагъэнщ. Дауэ мыхъуами, абыи сыкъелащ. Ауэ дяпэкIэ зэи си къуэш, ушына жыпIэу цIыхухъум уемыщ. Уэлэхьи, лIыр зи гупэм хэлъ фызым щыщышыни щыIэм. Дыуэпсыр-пIа? Ди дыуэпс кIуэдакъым, щIалэфI, мыдэ мы къущхьэ аркъэр къигъахъуэ, лэкъумыр упщIыIужащ. КIуцэ и дыуэ-дыуэпсыр зэсхьэлIэн хуей щIэхъуар нэгъуэщIщ. Ар нэхъ иужькIэ нывжесIэжынщ, мы цырибоным фримыщIыкIмэ. Къигъахъуэ, щIалэ! — ТIорэ и Iупэр цырибоным хищIэщ,и бзэгупэм нэса ткIуэпс закъуэри иримыгъэхыу зэман гуэр жьэ кIуэцIым жьэдигъэтри, и жып къриха бэлътоку хужьыбзэмкIэ зыIурилъэщIыкIыжащ: — И мэ къудеймкIэ сощIэ зэрыфадэ телъыджэр — фефи ерыскъым фыхэIэбэ.
ТIорэ игу фадэм щIыбгъэдэкIар нэгъуэщI хъыбарщ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28945.txt"
} |
ЖызыIэн зи куэдыр куэдым гу лъызытэрщ
ГубэщIыкI Владимир и тхылъыщIэ, «Чэнджащэ щыуэрейкъым» зыфIищар, куэд мыщIэу «Тетраграф» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIынущ. ГъащIэм набдзэгубдзаплъэу кIэлъыплъ тхакIуэм абы къыпкъриха жыIэгъуэхэр щызэхуэхьэсауэ аращ лэжьыгъэм. Тхылъым псалъащхьэ хуэзыщIар абы и редактор Джэрыджэ Арсенщ.
Псоми я зэхуэдэ пэжу къэплъытэ хъуну къыщIэкIынщ цIыхур цIыху хуэдэу, и напэр къабзэрэ и бзэр дахэу дунейм тетын зэрыхуейр. АрщхьэкIэ зэ еплъыгъуэкIэ тыншу къыпщыхъу апхуэдэ дуней тетыкIэр къызэмыхъулIэхэри мащIэкъым. Сыту пIэрэ атIэ абы и щхьэусыгъуэр? Апхуэдэ гупсысэм щIэмычэу игъэпIейтейхэм ящыщщ мы тхылъыр зи IэдакъэщIэкI ГубэщIыкI Владимир. Ар зэуэ наIуэ пщохъу абы и жыIэгъуэхэм щыгъуазэ зыхуэпщIа нэужь. Пэжу, ар яужь иткъым псори дигъэсэжынуи, зыми ди акъыл здынэмыса гуэр езым ищIэу зыкъытфIигъэщIынуи. ГъащIэм къыхиха гупсысэхэр къыдиIуэтылIэ къудейщ. Ауэ Владимир и жыIэгъуэхэр псалъэ шэрыуэкIэ къэIуэта губзыгъагъэ куэдым къащхьэщокI къыджиIэхэм я нэхъыбэм и гурыгъу-гурыщIэхэр лъабжьэ зэрахуэхъумкIэ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, зытепсэлъыхь Iуэхугъуэхэм гууз-лыуз зэрахуиIэмкIэ. Шэч хэлъкъым ар езым и дуней тетыкIэм къигъэщIыжа Iуэху бгъэдыхьэкIэу зэрыщытым.
Мы тхылъыр къыкIэлъыкIуащ «Чэнджэщ щищ» фIищу ГубэщIыкIым илъэс зыбжанэ и пэкIэ къыдигъэкIа тхылъ цIыкIум. Абы и пэублэ псалъэми зэрыщыжытIащи, Владимир и IэщIагъэкIи и лэжьыгъэкIи тхэн Iуэхум пыщIауэ къекIуэкIауэ пхужыIэнукъым: хабзэхъумэ IэнатIэхэм къулыкъу зэмылIэужьыгъуэхэр щызэрихьащ, ЮстицэмкIэ министерствэм и Iэтащхьэу щытащ, иужьрей илъэс тIощIым щIигъум Сбербанкым и унафэщIу лэжьащ. Ауэ сыт хуэдэ IэнатIэ пэрымытами, ар сыт щыгъуи къэгъуэгурыкIуащ адыгэ тхыдэм, адыгэ хабзэм гурэ псэкIэ пэгъунэгъуу, ди гъащIэм иджыри хэлъ мыхъумыщIагъэхэм, ди анэдэлъхубзэм къылъыкъуэкI гугъуехьхэм фэрыщIагъ хэмылъу тегузэвыхьу. Тегузэвыхь къудей мыхъуу, анэдэлъхубзэм теухуа хабзэр убзыхунымрэ ар къащтэнымри и гуащIэ ин хилъхьащ. Апхуэдэу Владимир жыджэру хэтщ лъэпкъ Iуэхум тегъэпса адыгэ хасэхэм я лэжьыгъэми — нэхъыжьыфIу, и псалъи и IуэхущIафи щхьэпэу, етх Джэрыджэм.
Ди гуапэу фыщыдогъэгъуазэ ГубэщIыкIым и жыIэгъуэхэм.
Хабзэрэ цIыхугъэрэ
Адыгэм пщIэ хуэщIи, узыхуейр къыпхуищIэнщ.
Ауану зэхэлъыр ауан щIынкIэ ерыщщ.
Бжыр зыIыгъым и унафэр, пхэнжу щытми, кIуэцIрокI.
БампIэгъуэ блэжьмэ, бампIэ ущыщIэнукъым.
Гугъэр псэм и щIасэщ.
Гупым и тхьэмадэр фадафэмэ, гупым щхьэуз игъуэтынщ.
Гупым ябгэ хэсмэ, гупыр уигъэбгынэнщ.
ГущIэгъу зимыIэм и диныр фэрыщIагъкIэ гъэнщIащ.
ГъащIэм сыт щыгъуи узыщыгуфIыкIын хэлъщ.
Дин зыIыгъымрэ зи гур къабзэмрэ я гъуэгур нэхущ.
Езыгъэлейм удын нэхъыбэ къылъос.
Езыр зыри имыIысу жылэр зэзымыпэсым ахьмакъкIэ йоджэ.
Жьым пщIэрэ гущIэгъурэ хуэзымыщIыр фIым щремыгугъ.
Закон хъуэжыр унагъуэ Iэпхъуэм хуэдэщ — узэIещIэ.
Законым пщIэ щыхуамыщI къэралыр къэралыгъуэ иувауэ убж хъунукъым.
Зи мурад мыдахэм псалъэ дахэ къыжьэдэкIырейкъым.
Зи напэр хужьу зи гур фIыцIэ нэхърэ, зи напэр фIыцIэу зи гур къабзэ.
Зи псалъэ зыгъэзащIэм гъащIэри доIэпыкъу.
Зи хабзэр зыхъумэжым хамэм и хабзэфIри къыхуощхьэпэ.
Къарууншэм, сытокIуэ жыпIэу, лей иумых, къыпщIэкIуэжынкъым.
Къилэжьакъым жаIэу, хьэдрыхэ зыри къыщIахужакъым.
Къомыджауэ уемыблагъэ, уеблэгъамэ, ди хьэщIэр хьэжь хъуащ жумыгъэIэ.
Къыумылэжьа пщIэм жыжьэ унихьэсынукъым.
ЛъхукъуэлIу къалъхуар уэркъ щIыгъуейщ.
ЛIыгъэ зимыгъусэ цIыхугъэм и зэфIэгъэкIыр мащIэщ.
ЛIыфI и псалъэ куэд и уасэщ.
МащIэ зыщIэм нэхърэ хуащIэр зыфIэмащIэр нэхъ нэпсейщ.
Мылъкум беягъэм хегъахъуэри, насыпым хэзыгъахъуэр цIыхугъэрщ.
Мылъкур ныбэм хуолажьэ, цIыхугъэм пщIэр къеIэт.
Напэ зимыIэм и жейр Iувщ.
Напэр щыкъабзэм псэр мэтынш.
Насыпыр Iыхьэ куэду зэхэлъщ, ауэ псоми я лъабжьэр узыншагъэрщ.
НэгъуэщI пхузэфIэмыкIми, псалъэ гуапэкIэ цIыхум хуэупсэ.
Нэхъыжьым пщIэ хуумыщIауэ, нэхъыщIэм я пщIэ ущымыгугъ.
Псалъэ гуапэм уасэ щIамытми, и пщIэр инщ.
Силъ сощIэж жыпIэу лажьэ зимыIэ цIыхум удын ебдзыну дурыскъым.
Узым я нэхъ Iейр къызыхэкIыр бампIэрщ.
Уи щхьэ ущытхъужыху, къыпщытхъум хощI.
Фыгъуэм мыгъуэ къехь.
ФIы блэжьамэ, фIыщIэ умылъыхъуэ.
Хабзэ зыхэмылъым и сэлам къудейри гурымыхьщ.
ХьэщIэ зи жагъуэм узэрыримыгъэблэгъэн щхьэусыгъуэ и куэдщ.
Хъуэхъури зэрыжаIэм елъытащ — хъуанэу къыщыщIидзыжи щыIэщ.
ЦIыху мыхъумыщIэм фIы хуэпщIэныр щIагъуэкъым, езым къыпхуищIэныр нэхъ Iеижщ.
ЦIыхугъэ зыхэмылъым адрейхэри цIыхугъэншэу къыщохъу.
ЦIыхум и пщIэр къызэрапщхэм щыщу цIыхугъэр япэ итщ.
ЦIыхум уехъуэхъуну щхьэусыгъуэ умыгъуэтми, хъуэн къыхуумылъыхъуэ.
Щхьэщытхъум и пщIэр жыжьэ нэсыркъым.
Щэху пхъумэнумэ, уи щхьэми щыхъумэ.
Iуэхутхьэбзэ зыщIэм гукъанэ хуащIыркъым.
Акъылрэ къалэнрэ
Акъыл кIэщIыр кIыхьу мэпсалъэ.
Акъылрэ лIыгъэрэ зыхэлъыр фыгъуэ щыщIэркъым.
Акъылым и къарур къару мыкIуэдщ.
Акъылым игъэгъуу гум хуэмыгъэгъу гукъеуэр хьэлъэщ.
Акъылышхуэр налкъутналмэсым хуэдэщ — мащIэущ дунейм къызэрытехъуэр.
БжыгъэкIэ мащIэми, гуащIэм къаруушхуэ къылъыкъуокI, куэди хузэфIокI.
БжэгъукIэ къозауэм IэштIымкIэ упэмыув.
Бий наIуэм пэуви, бий щэхум зыщыхъумэ.
Гуауэ зыхэлъ псалъэм гушыIэ фIэпщ хъунукъым.
ГуащIэ зымыщIэм IэфI зыхищIэркъым.
Губзыгъэм и бзаджагъэри куущ.
Гузэвэгъуэм зыдэбгъэшыху, нэхъри уегъэш.
ГъащIэм иригъэзэшам дунейр фIэIэфIыжкъым.
ГъащIэр лъагапIэм хуэдэщ — и щхьэм унэсыху, гъэщIэгъуэнщ.
Дунейр къызэригъэщIрэ цIыхур дунейм тетми, дунеягъэм хищIыкIыр мащIэщ.
Дыгъужь мэжэщIалIэм уедэхащIэкIэ, уи мэл ишхын къигъэнэнукъым. ЖиIэм едаIуи, ищIэм тещIыхь.
Зи акъыл ныкъуэмрэ зи ныбэ нэщIымрэ защыхъумэ.
Зи пIалъэ умыщIэ мыл утемыхьэ, зи кууагъ ущымыгъуазэ псы ухэмыхьэ.
Зэхэмызэгъэнухэр сыт хуэдизрэ зыIыумыщIэми, зэщхь хъунукъым.
И нэгу щIэкIынур ищIам, цIыхур дунейм къыпхутемыхьэнкIи хъунт.
Куэдрэ упсэуну ухуеймэ, уи псэр гугъу иумыгъэхь.
Къарум къыхуэмыIэт куэд акъылым хузэфIокI.
Лей зепхьэу лей къыплъымысыну ущымыгугъ.
Лъагъуныгъэр лъэщщ, абы пэлъэщыр лъэрызехьэщ.
ЛIыгъэм и нэхъ иныр лIэныгъэм пыщIащ.
ЛIыфI зыдэс жылэ цIэрыIуэщ.
ПцIыр кIуэцIрыкIыгъуафIэщ, пэжым и гъуэгур гугъущ.
ПщIэ гъэунэхуи — зэ дзыхь хуэщI.
ПщафIэ ухъун щхьэкIэ, нэгъуэщI мыхъуми, тебэ къэплъам Iэ пцIанэкIэ уепхъуэ зэрымыхъунур пщIэн хуейщ.
Тэмакъыр япэ ищмэ, акъылым и зэфIэкIым хощI.
Уэгум итыну къигъэщIар гъуэм исыфынукъым.
Уи щхьэ упэлъэщмэ, улъэщщ.
УмыщIэ Iуэху умыIуатэ, къыпхуэмыIэтын хьэлъэ уемыIэ.
ЦIыхум къахэщыр жагъуэгъу щыщIэркъым.
Шынагъуэ хэмыхуа лIыр лIыхъужьым хабжэркъым.
Щхьэ зыфIэмытым ущымыхьэ, къыпщыхьамэ, кIэщIу пыкI.
Щытхъур куэдым яфIэфIщ, ауэ зэзэгъыр мащIэщ.
ЩIым хуэгъэшхэнум нэхърэ нэхъыбэ цIыхур зэи хъуркъым, итIани цIыхур щIым зэрытегъахуэркъым.
ЩIэныгъэм елъэпауэм и гъащIэр лъэпэрапэу ехь.
ЩIэныгъэр гъуэтыгъуей щхьэкIэ, зехьэгъуафIэщ.
Япэ итахэм я дерсыр цIыхухэм нэгъэсауэ къагъэсэбэпу щытамэ, нобэ здынэсам нэхърэ хуэдэ зыбжанэкIэ нэхъ жыжьэ щыIэнт.
Iуэхум куууэ ущымыгъуазэмэ, чэнджэщкIэ цIыхум зыхуумыгъазэ.
Лъэпкъ Iуэхурэ бзэрэ
Адрей лъэпкъхэм Iэщэрэ лъэхъуэщкIэ яухуэ къэралыгъуэр адыгэхэм хабзэрэ хасэкIэ зэфIагъэувауэ щытащ.
Адыгэм зэгурымыIуэ къыхэзылъхьэр лъэпкъым и бийщ.
Алыхьым цIыхум къритам щыщу псэр япэ итмэ, абы къыкIэлъыкIуэр бзэращ.
Бзэр зыфIэкIуэд лъэпкъыр гъащIэмащIэщ.
БлэкIар зыщумыгъэгъупщэ, къэкIуэнум хуэлажьэ.
Бынищ нэхъ мащIэкIэ лъэпкъ бжыгъэм и щIыхуэр птекIыркъым.
Гу зыкIуэцIымылъыж лъэпкъым и Iыхьэр шхыгъуафIэщ.
ГъащIэм къыкIэрыху бзэр кIуэдыгъуафIэщ.
ГъащIэр кIэщIу бухынумэ, афияныр сэбэп пхуэхъунущ.
ЗэрыIыгъыр иудыгъуейщ.
Зи бзэ зымыщIэжыр ныкъуэдыкъуэ пэлъытэщ, ар зи лажьэри къэзылъхуахэращ.
Зи бзэр зэзымыпэсыж лъэпкъым и кIуэдыжыгъуэр къоблагъэ.
Зи щIэныгъэмрэ зи бжыгъэмрэ зыгъэбагъуэ лъэпкъыр псэунущ.
И лъэпкъэгъу дэхуэхам зыхуэзымышийр шхий и уасэкъым.
Лъэпкъ бын зыгъасэм лъэпкъ щытхъу хуэфащэщ.
Лъэпкъым хуэлажьэм пщIэ лей къелэжь.
Лъэпкъымрэ абы и щIыналъэмрэ Iуэхур нэсамэ, уи псэм ущемыблэжынур къэсауэ аращ.
Лъэпкъыр зэрыIыгъмэ, и мурадыр къохъулIэ.
ЛъэпкъыфI и бын зеиншэ хъуркъым.
ЛIыфI зи тхьэмадэ лъэпкъым и пщIэр инщ.
Напэрэ узыншагъэрэ зэрахъумэр зэпыу имыIэущ.
Узыхэсым и лъабжьэ къэптIыныр уи мащэ къэптIыж пэлъытэщ.
Уи адэшхуэм и пщIэр уи напщIэ телъкIэ, уи фIыщIэм хэхъуэнукъым.
Уи лъэпкъ гъэин, нэгъуэщI лъэпкъ умыуб.
Уи щхьэм ухуэлажьэмэ, уи жып къихъуэнщ, лъэпкъым ухуэлажьэмэ, уи пщIэм хэхъуэнщ.
ФадэкIэ лIы хэзыгъэзыхьым къихьыр зы гуэныхьмэ, абыкIэ ныбжьыщIэм еныкъуэкъур гуэныхьитIми къыщынэжыркъым.
Хэти лъэпкъым хуолажьэ, хэти лъэпкъым къилэжьыр ешх.
ЦIыхубэр арэзы зытехъуэ унафэр гъэзэщIа мэхъу.
ЩIыгу зимыIэж лъэпкъыр цыджан пэлъытэщ.
Бынрэ щхьэгъусэрэ
Адэ хуэмыщIам деж бын пэтрэ кIуэрейкъым.
Анэм и лъагъуныгъэм мылри егъэткIури, мафIэри егъэупщIыIу.
Анэр зыгъэгуфIэм гуфIэ лей хуэфащэщ.
Балигъым хужымыIэр сабийм щиIуатэ къохъу.
Бын зимыIэ лIыр къулейсызщ, сыт хуэдиз мылъку бгъэдэмылъми.
Бын зэрыIыгъым и лъабжьэр быдэщ.
Быныр гуащIэщ, умыщIэн куэд уагъащIэ, нэхъыбэжи уагъэшэч.
Жэщым зэгурыIуэрэ махуэм зэзэуэжхэм яку удыхьэмэ, хьэм урагъэхьынщ.
ЖыхуиIэ псор зыхуащIэу еса сабийм хуащIэм пщIэ хуищIыжыркъым.
Жьыгъэри дахэщ, хуэщIауэ урихьэлIэмэ.
Зи бзэ зымыщIэж цIыхубз псэуэгъу пщIымэ, си быныр бзэмыIу хъуащ жыпIэу умыгъэщIагъуэ.
Зи нэр къыщипхъуа лъагъуныгъэм сакъ хэлъыжкъым.
Лъагъуныгъэр гуащIэщ, плъэмыкIыу зыкъыуегъащIэ, умыщIэн куэди уегъащIэ.
Мылъкушхуэм цIыхур егъэдзыхэ, бынышхуэм — егъэгушхуэ.
НыбжьыщIитI я гъащIэр щIызэпащIэр я насып тIуащIэ ящIын папщIэщ.
Сызыхуейр езгъэщIэфынущ жыпIэу, зи псэм емыблэж унэгуащэм и пщIэр умыгъэкIуэд.
Удахэкъым зыжепIа цIыхубзым зыщыхъумэ.
Унагъуэм илъ насыпыр щхьэгъусэхэм зэдахъумэмэ, кIыхь мэхъу.
Унагъуэм къаугъэ илъмэ, быным я лъэр щIэкIыркъым.
Шы дахэ мыжэрэ фыз дахэ нэдрэ.
ЩIалэгъуэм лIыр быдэщ, цIыхубзыр щабэщ, жьыгъуэм — лIыр щабэщ, цIыхубзыр быдэщ.
ЩIалэр гъащIэм йопIэщIэкI.
ЩIэблэ зимыIэм и унагъуэбжэр хуещIыж.
ЩIэм махуэ къэс хохъуэри, жьым махуэ къэс хощI.
Къулыкъурэ мылъкурэ
Вы увыIар пхъуэжмэ, вагъэм хохъуэри, къулыкъущIэ удэфар пхъуэжмэ, Iуэхур мэкIуатэ.
Гугъуехь зымылъэгъуам тыншыгъуэр зыхищIэркъым.
ЕсщIэ псор тозагъэ жыпIэу, цIыху къыпфIэлIыкIым лей иумых, абы гуэныхь тIуащIэ пылъщ.
Жылэм хуэфащэ унафэщI игъуэтын щхьэкIэ, жылэм и акъыл зэхэдзэ хуейщ.
Зэманыр пщIэншэу зыгъэкIуэдыр мылъкум я нэхъ лъапIэм йолъэпауэ.
Зи мылъку зыфIэмащIэр гъунэжщ — зи акъыл зыфIэмащIэ гъуэтыгъуейщ.
Зи мылъку щысхьракъым нэпсейр, нэгъуэщIым и мылъку зэзылъэфэлIэну хэтращ.
Зыхуэмыфащэ Iэтащхьэ хъумэ, и щхьэр мэуназэ.
И гуащIэ зыхэмылъым щысхьыр мащIэщ.
Куэдым къыхэзыхыу мащIэм езытыфми фIыщIэ иIэщ, мащIэм къыхэзыхыу куэдым езытыфым и фIыщIэр нэхъыбэжщ.
Къэралыр зезыхьэхэм къэралым къыпах фIэкIа зыри щыхамылъхьэм, къэралым и унэхъугъуэр къэсауэ аращ.
Къыумылэжьа фIыщIэмрэ мылъкумрэ хъер пылъкъым.
Къулейсызыр мащIэ зиIэр аркъым — иIэр зыфIэмащIэращ.
Къулыкъудэубзэм уемыубзэ, убзэкIэ къихьари хуумыгъэдахэ.
Къулыкъум хуитыныгъэ лей къылъысмэ, цIыхубэм лей къатохьэ.
Къулыкъум хуэфащэ хуитыныгъэ имыгъусэмэ, ар нэгъэсауэ гъэзэщIа хъунукъым.
Къулыкъум хэти пщIэ кърелэжь, хэти и напэр хелъхьэ.
Къулыкъур нэхъ лъагэ хъуху, щхьэр нэхъ мэуназэ.
Лэжьыгъэ удэзыхьэхыр тыншщ.
МащIэм я куэд зэхэдзэ нэхърэ, куэдым я мащIэ зэхэдзэ.
Мылъку гуэшыным зауэр пэгъунэгъущ.
Мылъкум и пщIэр и зехьэкIэм елъытащ.
Ныбэм куэд йохуэ, къэрал псо щикIуади къохъу.
Псалъэм Iуэху къыкIэлъымыкIуэмэ, абы и уасэр щайщ.
Уи гугъуехь зыхэмылъыр гуэшыгъуафIэщ.
УимыIэм утегузэвыхь нэхърэ, уиIэм щыгуфIыкI.
Унафэ зыхуэмыщIыр унафэ щIынкIэ ерыщщ.
Унафэм и къарур и гъэзэщIэкIэм хэлъщ.
Фыгъуэнэдыр къулей хъуркъым.
ФIыщIэ нэхъ зыхуэфащэр игу пымыкIыр зытыфырщ.
ХуэмыщIам хуэпщIэм псапэ пылъщ, бейм хуэпщIэм Iулъхьэ хэлъщ.
ЦIыхубэм пашэу укъалъытэн щхьэкIэ, уи зэфIэкIыр къащIэн хуейщ.
ЦIыхум я нэхъ къулейр дунейм и дахагъэр зыхэзыщIэрщ.
ЦIыхур езыгъэшыр лэжьыгъэракъым — лэжьыгъэншагъэращ.
ЦIыхур зэрыпсэур мащIэщ, а гъащIэ тIэкIури зэныкъуэкъуу яхь.
Чы хэмыту, бжэгъу защIэкIэ бжыхь пхуэхунукъым, зыгъэзэщIэн уимыIэу, унафэщI защIэкIэ Iуэху пхуэлэжьынукъым.
ЩIэныгъэр мылъку мыкIуэдщ.
ЩIэныгъэрэ гугъуехькIэ къыумылэжьа мылъкур хъерыншэщ.
ЩIыхуэ пхуэмыпшыныжын къыумыщтэ.
IэхъуэтегъэкIыу блэжьам и лажьэ къокIыж.
Iуэхур зэIыбгъэхьэнумэ, зыхузэфIэмыкI Iэтащхьэ щIы.
Iуэхур кIуэтэну ухуэмеймэ, псэлъэн зыфIэфIым IэщIэлъхьэ.
Ныбжьэгъурэ гъунэгъурэ
Ажэр бажэм ныбжьэгъу хуэхъунукъым.
БампIэгъуэ къызыбгъэдэкIым гъунэгъу зыхуумыщI.
ГъунэгъуфIыр благъэфI пэлъытэщ.
Дунейм гузэвэгъуэр щыбэми, зыми и щхьэм хуихьыркъым.
Дыгъужь гъунэгъу пхуэхъум, дауэ ищIми, уи мэлыр пфIишхынущ.
Жагъуэгъум я нэхъ Iейр уи ныбжьэгъуу щытарщ.
Зи бзэ хуимытыжым уи щэху щыхъумэ.
Зи щхьэ зи лажьэм уи лажьэ иумыхьэлIэ.
Зызыщыпхъумэнур теплъэ зимыIэракъым, напэ зимыIэращ.
Зыми щымыщыр лIыфI дэщIыгъурейщ.
МыхъумыщIэм и щытхъу нэхърэ — и хъущIэ.
Ныбжьэгъу пэжыр гъуэтыгъуейщ, къэбгъуэтамэ, зыIэщIумыгъэкI.
ПцIыупс Iуэху думылэжь.
ПщIэ узэныкъуэкъу нэхърэ, зэ узэгурыIуэм нэхъ сэбэп пылъщ.
ПщIэм и пщIэр мэкIуэд, зыхуэмыфащэм лъысмэ.
Узыуб псор уи бийкъым.
Уи жагъуэгъум Iуэху дэблэжьмэ, лажьэ ухэхуэнщ.
Уи щIыбагъкIэ къуаха удыныр хьэлъэщ.
Унэ зэбгъэпэщынум — гъунэгъу пхуэхъунум щIэупщIэ.
Цыджаным унэ хуэпщIми, пщIантIэм шэтыр дегъэувэ.
ЦIыху бгъэгуфIэн нэхърэ нэхъ гуфIэгъуэ щыIэкъым.
ЦIыху дэхуэхар умыгъэикIэ, уэ уи кIэр зэрыхъунур пщIэркъым.
Чэнджэщ зи тхьэкIумэ имыхьэм дэIэпыкъугъуейщ.
Чэнджэщыр фIыщ, чэнджэщэгъум Iуэхум куууэ хищIыкIмэ.
ЖыIэгъуэхэм хэт сурэтхэр зыщIар ЖЫЛЭ Анатолэщ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28948.txt"
} |
Дертхэмрэ дерсхэмрэ
Шэрэдж районым и электросетхэм я еджапIэ-зыгъэсапIэм щекIуэкIащ «Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм электрокъарур ятезыгуашэ компание» ОАО-м и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм ток гуэшыпIэхэр зезыхьэ и IэщIагъэлIхэм я зи чэзу зэпеуэр. Абы гуп пщыкIузым я зэфIэкIыр щагъэлъэгъуащ.
Зэхьэзэхуэр Iыхьитхуу зэщхьэщыхауэ щытащ. Электромонтерхэм я зэпеуэм хыхьэрт лэжьыгъэм, IэнатIэм пыщIа хабзэхэм зэрыхащIыкIыр, токым пэщIэхуар техникэ хэха хэмыту къегъэутIыпщыжыныр, япэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэр, дерт зиIэ Iэмэпсымэхэр хъуэжыныр, нэгъуэщIхэри. УпщIэ-жэуап щIыкIэм тету, иужьрей Iыхьэм я щIэныгъэр къыщапщытати, абыи хъарзынэу пэлъэщащ.
Псоми къахэжаныкIащ дерс 80-м щыуагъитI фIэкIа щызымыщIа Май РЭС-м и лэжьакIуэхэр. Балл 389-рэ яIэу бжьыпэр зубыдар апхуэдэ зэпеуэхэм куэдрэ щытекIуа а гупырщ. Абы саугъэту сом мин 60 иратащ. ЕтIуанэ увыпIэр Тэрч, ещанэр — Лэскэн РЭС-хэм я IэщIагъэлIхэм къахьащ.
«Кавказ Ищхъэрэм и МРСК» ОАО-м и щIыналъэ къудамэм и профсоюз комитетым къыбгъэдэкIыу командэ псоми тыгъэхэр хуащIащ. Япэ ища гупищым видеокамерэрэ телевизоритIкIэ яхуэупсащ.
Зэхьэзэхуэм кърикIуам ипкъ иткIэ, «Мастер нэхъыфI» цIэр Май РЭС-м и IэщIагъэлI Овчинников Виктор хуагъэфэщащ, Дзэлыкъуэ районым щыщ Уэршыкъуэ Анатолэ ток гуэшыпIэхэм я электромонтер нэхъыфIу къалъытащ. «Зэпеуэм и судья нэхъыфI» щIыхь тхылъыр Шэджэм РЭС-м и лIыкIуэ Щоджэн Сыхьэтджэрий лъысащ.
ЩIыхь тхылъхэмрэ тыгъэхэмрэ текIуахэм щаритым, «Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм электрокъарур ятезыгуашэ компание» ОАО-м и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафIэщI Гъубжокъуэ Юрэ къыхигъэщащ мыпхуэдэ зэпеуэхэр еджапIэфIу, IэщIагъэм и пщIэм хэзыгъахъуэ щIалэгъуалэр тезыгъэгушхуэ IэмалыфIу зэрыщытыр.
«Кавказ Ищхъэрэм и МРСК» ОАО-м и
республикэ къудамэм и пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28956.txt"
} |
Ди щIэджыкIакIуэ лъапIэхэ!
Фигу къыдогъэкIыж 2013 гъэм и етIуанэ илъэс ныкъуэм къыфIэрыхьэну газетхэм, журналхэм Iэ тедзэныр
мэкъуауэгъуэм и 28-м зэриухыр.
Илъэс ныкъуэм ди газетым и уасэщ сом 403-рэ кIэпIейкIэ 32-рэ.
«Адыгэ псалъэм» Iэ щытевдзэ хъунущ республикэм и пощт IуэхущIапIэ псоми.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28964.txt"
} |
Нобэ
Славянхэм я зэныбжьэгьугъэмрэ зэкъуэтыныгъэмрэ я махуэщ
Тенджыз фIыцIэ экономикэ зэдэлэжьэныгъэм и махуэщ. 1992 гъэм Истамбыл (Тырку) Iэ щытрадзащ а зэгухьэныгьэр къызэгъэпэщыным теухуа декларацэм.
ХыдзэлIым и махуэщ (2010 гъэ).
Москва щекIуэкIынущ УФ-м и Къэрал Думэмрэ Украинэм и Радэ Нэхьыщхьэмрэ я конференц. Ар теухуауэ щытынущ урысей-украин зэхущытыкIэхэм.
Накьыгъэм и 25 — бадзэуэгьуэм и 2-хэм Франджым и Iуфэхэм « ФРУКУС-2013» тенджыз-дзэ зыгьэсэныгъэ Iуэхухэр щекIуэкIынущ СГИА-м, Инджылызым, Франджым, Урысейм я кхьухьхэр хэту.
УэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Джексон Майкл (1958-2009) и фэеплъ махуэщ.
1608 гъэм къальхуащ къэбэрдеипщ, зауэлI, дипломат Черкасский Муцал.
1939 гъэм къалъхуащ экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, Тимирязевым и цIэр зезыхьэ академием и профессор Агырбэ Юрий.
1941 гъэм къалъхуащ адыгэ усакIуэ, журналист Нэхей Руслан.
1945 гъэм къалъхуащ психологие щIэныгьэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, жалагъуэ лэжьакIуэ Хъурей Леоренэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, уэшх мащIэ къыщешхынущ, хуабэр махуэм градус 24-рэ, жэщым градус 18 щыхьунущ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28967.txt"
} |
Зэи ящыгъупщэркъым
Ди газетым зэрытетащи, Абхъазым ТекIуэныгъэр къызэрихьрэ илъэс илъэс 20 зэрырикъум иращIэкIыну дауэдапщэхэм хэту, ди республикэм щыхьэщIащ ди къуэшхэм я лIыкIуэхэр, журналистхэр. Гупым я пашэт Кавказ Ищхъэрэм хуиIэ пыщIэныгъэхэмкIэ АР-м и президентым и лIыкIуэ Чамагуа Лалэ. Налшык къэкIуэн и пэ къихуэу, хьэщIэхэр Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ республикэхэм щыIащ.
Абхъаз Республикэм и Парламентым и депутат, Лъэпкъ шынагъуэншагъэмрэ зыхъумэжыныгъэмкIэ комитетым и унафэщI, Абхъазым и лIыхъужь Авидзбэ Фазлибей жиIащ:
— ТекIуэныгъэр къызэрытхьрэ илъэс 20 щрикъум ирихьэлIэу, ди щхьэр мафIэм щыхэлъым зыкъытщIэзыгъэкъуа ди къуэшхэм я деж дыкIуэу иджыри зэ фIыщIэ яхуэтщIыну пщэрылъ къытщищIащ ди республикэм и президент Анкваб Александр. Гузэвэгъуэ къыщыттепсыхэм ди къуэшхэм утыку дыкъранакъым, ди бын, ди щхьэ жамыIэу, псэемыблэжу къыткъуэуващ. Куэдым я псэр щIатащ ди щIэблэм гъащIэ яIэным, ди лъэпкъым и щхьэхуитыныгъэр къэзэуным. Дэ а щIалэхэм хуабжьу дрогушхуэ, а Iуэхум ди зэкъуэшыныгъэр нэхъ быдэж ещI. Ди щхьэр фхудогъэлъахъшэ, зэрылъэпкъыу фIыщIэ хэха фхудощI.
ДАХ-м Хамэ къэрал къикIыжа ди лъэпкъэгъухэм ядэIэпыкъунымкIэ и комитетым и тхьэмадэ ГуэбэщIыкI Владимир псалъэ щратым, жиIащ мыпхуэдэ зэIущIэхэр зэрымыяпэр, Абхъазым и лIыхъужьхэр ящымыгъупщэу, пщIэ лей хуащIу, ягъэлъапIэу ди къуэшхэр къызэрыткIэлъыкIуэр.
— Дуней псом ягъэщIагъуэ Абхъазым текIуэныгъэр къызэрихьар, абыхэм къагъэсэбэпа Iэмалхэр яфIэтелъыджэу ядж, къахутэ. Абы теухуауэ сэ жысIэнур зыщ: зэкъуэшыгъэ нэхъыфI зыри щыIэкъым. Узэкъуэтмэ — улъэщщ. Абхъазыр щхьэхуит къэщIыжыным лъэпкъ 21-рэ хэтащ. ЦIыху Iущ гуэрым жиIэгъауэ щытащ: «ЛIыхъужь зимыIэ лъэпкъыр насыпыншэщ, тIуащIэу насыпыншэщ зи лIыхъужьыр зыхуэмыгъэфIыр, ар зымылъытэр, зымыщIэжыр». Абхъазыр къэрал насыпыфIэщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым исхэм къабгъэдэкIыу фIыщIэшхуэ яхузощI къызэрытхуеблэгъам, дазэрыщымыгъупщэм папщIэ. Тхьэм фригъэфIакIуэ, махуэфIи махуаи дызэкъуэвгъэт! — жиIащ нэхъыжьыфIым.
Зауэм и гуащIэгъуэм хэта Адлейбэ Зураб къыхигъэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуэ пажэхэм щытыкIэ гугъум къызэрырашар, я къару, я псэ емыблэжу щIэгъэкъуэн яхуэхъуахэм, щхьэузыхь захуэзыщIахэм я фэеплъым хуащI пщIэр зэрыгъунэншэр.
— Дэ зыри тщыгъупщэнукъым! Тхьэм фиузэщI, лъэпкъ узыншэ фыхъу! — жиIащ Зураб и псалъэхэм я кIэухыу.
Къэбэрдей-Балъкъэрым къыхуеблэгъа хьэщIэхэр Арщыдан, Нарткъалэ, Бахъсэн щIыналъэхэм кIуащ икIи Абхъазым и щхьэхуитыныгъэм зи псэр щIэзыта щIалэхэр къызыхэкIа лъэпкъхэм, я адэ-анэхэм иджыри зэ фIыщIэ хуащIри, илъэс тIощI и пэкIэ къахьа текIуэныгъэр щагъэлъапIэкIэ хэтыну ирагъэблэгъащ. Абы къищынэмыщIауэ, хьэщIэхэм удз гъэгъахэр тралъхьащ Куржы-Абхъаз зауэм хэкIуэда ди щIалэхэм я фэеплъым. Генерал-лейтенант Сосналы СулътIанрэ цIыхубэ тхакIуэ Нало Зауррэ я сынхэм Iэ далъащ.
* * *
КъыкIэлъыкIуэ махуэм Абхъазым къикIа лIыкIуэхэр Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и хьэщIэщым ирагъэблагъэри, журналистхэр зыгъэпIейтей упщIэ зыбжанэкIэ зыхуагъэзащ.
Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд зэIущIэр къызэIуиха нэужь, хьэщIэхэр хигъэгъуэзащ лъэпкъ газетхэр зэрылажьэм, Адыгэ Хасэм зэфIигъэкI Iуэхухэм.
Абхъазым и Iэтащхьэм пщэрылъ къащищIа къалэныр зэрагъэзащIэм и гугъу щищIым, Чамагуа Лалэ жиIащ текIуэныгъэр къызэрахьрэ илъэс 20 щрикъум ирихьэлIэу а гуфIэгъуэр яIэтынымкIэ щIэгъэкъуэнышхуэ яхуэхъуа лъэпкъхэм я унэ ихьэурэ фIыщIэ хуащIыныр, абы хэта щIалэхэм я адэ-анэхэм быныфI зэрагъэсар иджыри зэ жраIэныр я къалэну къызэралъытар.
— Кавказ Ищхъэрэм щыщу дэ къытщхьэщыжа щIалэхэр къызыхэкIа лъэпкъ, республикэ псоми дыкIуэурэ дащIэупщIэну, ди деж щытхуэхьэщIэну едгъэблэгъэну ди мурадщ, — къыхигъэщащ Лалэ.
ЛIыкIуэхэм зэрыжаIамкIэ, ахэр унагъуэ зыбжанэм щыIэну хунэсащ.
— Дауи, тыншкъым зи бын зауэм хэкIуэда адэ-анэхэм я нэгу уиплъэну. Къуаншагъэ зылэжьам дрещхьу, ди щхьэр ехьэхауэ дахуоблагъэри, фIыщIэ мыухыр яхудощI, апхуэдэ бын зэрагъэсам, езыхэм апхуэдиз лIыгъэ къазэрылъыкъуэкIам папщIэ. Хуабжьу гъэщIэгъуэн тщыхъуащ унагъуэ гуэр къызэрытпежьар: «Ди къуэр къэтэджыжа къытфIощI фэ фыщытлъагъукIэ, Алыхьым и фIыщIэщ фэ фыкъызэрелар». Лъэпкъым и зэхэщIыкIыр зэрыкуур къегъэлъагъуэ а зым, — къыддогуашэ хьэ- щIэр.
ХьэфIыцIэ Мухьэмэд щIэупщIащ Сирием къыщыхъуа зауэм я щхьэр къыхахыу, АбхъазымкIэ зыунэтI ди лъэпкъэгъухэм я Iуэхур зыIутым. Абхъазым и ЛIыхъужь Эшбэ Вячеслав жиIащ республикэм и Президентым и нэIэ щIэту а Iуэхур зэрекIуэкIыр. «Абхъазым къекIуэлIэжахэм я нэхъыбэм щыпсэун иратащ, адрейхэр хьэщIэщхэм, зыгъэпсэхупIэхэм зэкIэ щIэсщ. Ахэр ирагъаджэ, зрагъэгъэпсэху, Апсным и псэукIэм хагъэгъуазэ. Иджыри унагъуи 150-рэ къэкIуэжыну зэрызагъэхьэзырам и хъыбар зэхэтхащ», — къыхигъэщащ абы.
Куржымрэ Абхъазымрэ иджыкIэ зэхуаIэ щытыкIэм и гугъу щащIым, ди къуэшхэм жаIащ лъэпкъым и гум IэпапIэ фIыцIэу къытена гуауэм и джэрпэджэжыр нобэр къыздэсым я Iум ткIыбжьу зэритыр.
Щомахуэ Залинэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28969.txt"
} |
КъБР-м ЦIыхубэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министерствэм, «Адыгэ псалъэ» газетым, «Iуащхьэмахуэ» журналым я лэжьакIуэхэр ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ ГъукIакъуэ Людмилэрэ яхуогузавэ Дадэ Риммэ Натрыб и пхъур дунейм зэрехыжам къыхэкIыу.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28974.txt"
} |
Iуэху зэдащIэн папщIэ
КъБР-м ХъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министерствэм хъыбар фегъащIэ мэкъуауэгъуэм и 25 — 30-хэм Налшык и Къэбэрдей уэрам, 17-м «Периметр» зыфIаща Iуэху зэрыщекIуэкIынумкIэ.
Ар къызэзыгъэпэщхэм зэрыжаIэмкIэ, Iуэхур зытещIыхьар щэнхабзэм и лэжьакIуэхэр, акъыл жан зиIэ щIалэгъуалэр хьэрычэт Iуэхум хэтхэм япыщIэнырщ, къалэм зезыгъэужьыну проект зэмылIэужьыгъуэхэр къагъэсэбэпу зэдэлэжьэнырщ.
Мы Iуэхур къызэрегъэпэщ «Столком» творческэ лъэщапIэм, «Дахэ» жылагъуэ зэгухьэныгъэмрэ Налшык щIыпIэ администрацэмрэ и дэIэпыкъуэгъуу. Махуэ зыбжанэм къриубыдэу зэIущIэхэр, мастер-классхэр, литературэ пшыхьхэр ирагъэкIуэкIынущ, кино ягъэлъэгъуэнущ.
Iуэхум нэхъ куууэ зыщыщывгъэгъуазэ хъунущ «Вконтакте» социальнэ сайтым и гуп щхьэхуэм деж (https://vk.com/club 53824448).
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28975.txt"
} |
«Мисс УИС» цIэр зыфIаща Хьэткъуэр
Урысейм ФСИН-м и IуэхущIапIэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэ Хьэткъуэ Регинэ мэкъуауэгъуэм и 6 — 15-хэм Екатеринбург щекIуэкIа «МИСС УИС» IV урысейпсо зэхьэзэхуэм хэтащ. Абы щызэпеуащ къэралым и щIыналъэхэм я уголовнэ-гъэзэщIакIуэ IэнатIэм и лэжьакIуэ 20.
Пщащэхэр хэтащ зэпеуэ гъэщIэгъуэнхэм: километр гъуэгуанэ къэжэным, Макаровым и кIэрахъуэкIэ уэным, псым есыным, уголовнэ-гъэзэщIакIуэ IэнатIэм и мардэхэр зэращIэр къызэрапщытэ тестхэр гъэзэщIэным. Конкурсыр лIэужьыгъуэ зыбжанэу зэщхьэщыкIырт: «Урысейм щынэхъ дахэ», «IэщIагъэм хуэфащэ», «УИС кино», «Бзылъхугъэ — Тхьэпэлъытэ».
Псом нэхърэ нэхъ щIэщыгъуэу, удэзыхьэхыу екIуэкIащ хъыджэбзхэм я творчествэ гъэлъэгъуэныгъэмрэ «УИС кино» лIэужьыгъуэмрэ. Дэтхэнэми и зэфIэкI игъэлъэгъуэну Iэмал къыхузэрагъэпэщырт. Нэхъыщхьэр IэщIагъэм тегъэщIэнырти, дэтхэнэми хуэфащэу зыкъызэкъуихащ.
Жюрим и саугъэт щхьэхуэ Хьэткъуэ Регинэ къыхуагъэфэщащ. Ар ди пщащэм къритащ УФ-м и Жылагъуэ палатэм хэт Новорок Богдан.
— «Зэхьэзэхуэр сэбэп къысхуэхъуащ си зэфIэкIхэр къэспщытэжынымкIэ. IэщIагъэм зыщызужьынымкIи ар щапхъэщ. ФIыщIэ ин яхузощI къызэгъэпэщакIуэхэм. Екатеренбург сызэрыщыIа махуэхэр гуапэу си гум къинэнущ»,- къыджиIащ Регинэ.
Зэбар Мадинэ,
КъБР-мкIэ УФСИН-м
и пресс-IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28978.txt"
} |
Сыт бгыхэм щекIуэкIыр?
Ингушым и «Эгикал» комплексым щхьэзакъуэрыбанэ зэхэтымкIэ «Бгыхэм щекIуэкI бэнэкIэ» М-1 Challenge зэпеуэ илъэс етIуанэ хъуауэ къыщызэрагъэпэщ.
Зэпеуэр къыщIадзащ Ингушым щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм къызэрагъэпэща концертымкIэ. ИтIанэ бэнэныр яублащ.
Утыкум япэу къихьащ Хъусин Русланрэ, «Fighting Eagle» клубым щыщ Фомин Иванрэ. Ди спортсменым хьэрхуэрэгъу лъэщ дыдэ къыпэщIэхуа пэтми, бжьыпэр иубыдын лъэкIащ.
Хъусин Руслан Куба къуажэм къыщалъхуащ, ар и гъэсэнщ тренер Мамхэгъ Iэдэм. ТекIуэныгъэ къэзыхьэхуа щIалэр Урысейм спортымкIэ и мастерщ, 2011 гъэм ныбжьыщIэхэм я деж пашэныгъэ къыщыхьынымкIэ екIуэкIа къэрал зэхьэзэхуэм щытекIуащ, УФ-м и Кубокым жэз медалыр къыщихьащ.
«Хъусин Руслан IэкIуэлъэкIуагъэрэ зэфIэкI лъагэрэ къигъэлъэгъуащ. Абы и ерыщагъым, текIуэныгъэм зэрыхуэпабгъэм гугъэ уагъэщI республикэм и щIыхьыр нэхъри лъагэу иIэтыну, абы хуэдэ щIалэгъуалэ зэрыдиIэми дрогушхуэ», — жиIащ зэпеуэм кIэлъыплъа КъБР-м спортымрэ туризмэмкIэ и министр АфIэунэ Аслъэн.
Багъ Олег и япэ зэIущIэм Болгарием и лIыкIуэ Стоянов Георгий бжыгъэр 10:8-уэ хигъэщIащ. АрщхьэкIэ и Iэпкълъэпкъым игъуэтауэ щыта фэбжьым адэкIэ зэпеуэм пищэну Iэмал къритакъым.
Гъэунэ Светланэ,
КъБР-м Спортымрэ туризмэмкIэ и
министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28981.txt"
} |
Уахътыншэ дахагъэ
Налшык дэт Къэрал киноконцерт гъэлъэгъуапIэм щекIуэкIа пшыхьыр щIэщыгъуэт икIи гукъинэжт. Абы утыку къыщрахьащ дэрбзэр, сурэтыщI-модельер, республикэм и гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ хэлъхьэныгъэфI хуэзыщIа Шортэн Мадинэ и лэжьыгъэхэр.
Шортэн Мадинэ щыгъын игъэлъагъуэу япэу утыку щихьам и ныбжьыр илъэсиплI къудейт зэрыхъур. Сабийуэ дэрбзэр IэщIагъэм дихьэха хъыджэбз цIыкIур илъэсипщI щыхъуам бостей зыхуидыжыфырт. Мадинэ къыхихыну IэщIагъэм зэи егупсысакъым, и анэ Светэ дэрбзэр, сурэтыщI-модельер Iэзэти. Абы и адэшхуэ, тхакIуэ, этнограф Шортэн Аскэрбийт къыхэзылъхьар ДахагъэмкIэ лъэпкъ театр къызэрагъэпэщыну. IуэхущIапIэр къызэIуаха нэужь, Мадинэ и лэжьыгъэм щIэ гуэр щыхилъхьэкIэ ар адэшхуэм къызэрыщыхъунум егупсыст. Сабий щыгъынхэр зыд и гъэсэнхэм дэрбзэр IэкIуэлъакIуэр щадэIэпыкъукIэ, абы я ныбжьым езыр щитар зэпымыууэ игу къэкIыжт. Къыхэгъэщыпхъэщ, Мадинэ и лэжьыгъэр и гъэсэнхэм я адэ-анэхэмрэ КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэмрэ къыдаIыгъыу зэрыщытар.
ЩIэныгъэмрэ IэпщIэлъапщIагъэмкIэ еджакIуэхэм я республикэ центрым и унафэщIым и къуэдзэ Мер Людмилэ псалъэ щратым, зи псэугъуэ Шортэн Мадинэ пасэу дунейм зэрехыжар къыдэлэжьа псоми гущIыхьэ зэращыхъуамкIэ къыщIидзащ.
— Мадинэ и гъащIэр, и лэжьыгъэр зытеухуауэ щытар республикэм и лъэпкъ щэнхабзэм зегъэужьынырщ. Дэрбзэр IэкIуэлъакIуэм гъуазджэм хуищIа хэлъхьэныгъэмрэ къигъэщIа дахагъэмрэ гъунэ иIэкъым. Аращ Мадинэ и IэдакъэщIэкI телъыджэхэмрэ и IуэхущIафэхэмрэ щыгъуазэ дэтхэнэри дыщIригушхуэр. И анэ Светланэ Мадинэ и лэжьыгъэм пещэри, республикэм исхэр и IэщIагъэм щыгуфIыкIыу, лъэпкъ гъуазджэм хэлъхьэныгъэфIхэр хуищIу, иригъэфIакIуэу и лэжьыгъэм пэрытыну, узыншагъэ, ехъулIэныгъэ, насып иIэну ди гуапэщ, — жиIащ абы.
— Мы зэхуэсыр зытеухуа Шортэн Мадинэ илъэс 17-м и кIуэцIкIэ бгырыс цIыхубзым и образ ухуэным телэжьащ. КъыжыIапхъэщ, республикэм ДахагъэмкIэ лъэпкъ театр къыщызэгъэпэщыным зи гуащIэ хэзылъхьа бзылъхугъэхэм ар зэращыщыр. Абы и лэжьыгъэм и пщIэр мызэ-мытIэу къыщалъытащ «Золотая игла», «Русский силуэт» урысейпсо зэпеуэхэм. Мадинэ и гъусэу щыгъын телъыджэхэр къэзыгъэщIа и лэжьэгъухэмрэ и гъэсэнхэмрэ абы иIа зэфIэкIымрэ бгъэдэлъа зэчиймрэ щIэблэм я деж зэрынахьэсынур, къигъэщIа дахагъэр зэрахъумэнур быдэу си фIэщ мэхъу. Мадинэ дэ зэи тщыгъупщэнукъым, — жиIащ «Урысей зэкъуэт» политикэ партым и щIыналъэ къудамэм и унафэщI Канунниковэ Татьянэ. — Гъуазджэр, дахагъэр — уахътыншэщ. Мы зэхыхьэм кърихьэлIахэм республикэм и щэнхабзэр, гъуазджэр фIыуэ зэралъагъум, абы зиужьмэ зэрагуапэм шэч къытесхьэркъым.
Я IуэхущIапIэм къыбгъэдэкI щIыхь тхылъыр Канунниковэ Татьянэ Шортэн Светланэ иритащ, и зэфIэкIымрэ ехъулIэныгъэмрэ я щыхьэту.
Хъыджэбзхэм утыкум щагъэлъэгъуа бостейхэр нэр игъэгуфIэу дахэ защIэт. Щыгъынхэр зыгъэлъагъуэ цIыхубз цIыкIухэм адыгэ макъамэм щIэту фэилъхьэгъуэхэр екIуу утыку къызэрырахьэм, уардэу зэрызаIыгъым куэд елъытат. «Авангард», «Грация», «Черкешенка-1», «Черкешенка-2», «Вдохновение» зыфIаща бостейхэр щIэщыгъуэт. Абыхэм яхэтт махуэ къэс щыптIагъэ хъунухэри пшыхьхэм узэрыкIуэну фэилъхьэгъуэхэри. Псом хуэмыдэу удэзыхьэхыр лъэпкъ фащэхэрат. Къэбгъэлъагъуэмэ, зэхыхьэм зрезыгъэхьэлIа хъыджэбзхэр нэхъри зыщыгуфIыкIар, хьэгъуэлIыгъуэм узэрыхэт хъуну фащэхэм къадэкIуэу, зи кIыхьагъыр лъэгуажьэм фIэкI, махуэ къэс лэжьапIэ узэрыкIуэ хъун, дыщэ, дыжьын IуданэхэмкIэ хэдыкIа бостейхэри зэрадырт.
ДахагъэмкIэ лъэпкъ театрым и «Налкъутналмэс» школым и гъэсэн ныбжьыщIэхэм ягъэлъэгъуа «Ритмы гор», «Юбилейная», «Горные капельки», «Дахэнагъуэ» сабий щыгъынхэри щIэщыгъуэт. Къыхэгъэщыпхъэщ, модельер цIэрыIуэ, сурэтыщI, график Зайцев Владислав и щIыхькIэ къызэрагъэпэща «Золотая игла-2013» урысейпсо зэпеуэм мы ныбжьыщIэхэм щагъэлъэгъуа «Юбилейная» щыгъынхэм етIуанэ увыпIэмрэ щIыхь тхылъымрэ къызэрыщыхуагъэфэщар.
Пшыхьыр ягъэдэхащ УФ-м щапхъэу къыщалъыта «Зори Кавказа» сабий ансамблым, Налшык къалэм ГъуазджэхэмкIэ и сабий школыр къэзыуха Шэду Лауритэ, ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ институтым щеджэхэу Лыхь Каринэ, Мамбэт Дианэ, Урысмамбэт Раситэ, ДыщэкI ФатIимэ, нэгъуэщIхэми.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Сурэтхэр ЕЛЪКЪАН Артур трихащ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28983.txt"
} |
Iэпщэ Александр футболист къудейтэкъым
СССР-м спортымкIэ и мастер Iэпщэ Александр и 15-нэ фэеплъ турнир иджыблагъэ зэхэтащ. Илъэс къэс ирагъэкIуэкI а зэхьэзэхуэм къокIуалIэ Владикавказ, Черкесск, Мэхъэчкъалэ, Нэзран къалэхэм, Волгоград, Ростов областхэм, Ставрополь, Краснодар крайхэм, Абхъазым, Куржым щыщ командэхэр.
Зэхьэзэхуэр къыщызэIуахым ирихьэлIэу, Налшык и Сабий стадионым щрагъэкIуэкIащ Iэпщэ Александр и гъащIэ гъуэгуанэм ущызыгъэгъуазэ зэIущIэ. Александр 1939 гъэм Бахъсэн куейм хыхьэ Къызбрун 1-нэ къуажэм къыщалъхуащ. 1959 гъэм ар хагъэхьащ Налшык и «Спартак» командэм. Илъэсищ дэкIри, адыгэ щIалэр Москва и «Динамо»-м яшэри ирагъэблэгъащ. ИужькIэ, Тбилиси и «Динамо»-м абы хэту СССР-м и чемпион хъуащ. Мыгувэу Iэпщэм Налшык и «Спартак»-м къигъэзэжащ икIи РСФСР-м и чемпионым и дыщэ медалыр къихьащ.
Александр и гуащIэ хэлъу, 1974 гъэм Налшык къыщызэIуахащ футболымкIэ Сабий-ныбжьыщIэ спорт школ. 1980 — 1982 гъэхэм ар «Спартак» футбол командэм и тренер нэхъыщхьэу щытащ. 2000 гъэм Сабий-ныбжьыщIэ спорт школым Iэпщэ Александр и цIэр хуэфащэу фIащыжащ. А школым сыт щыгъуи зэфIэкI лъагэхэр къегъэлъагъуэ. Абы зыщагъэсащ футболист цIэрыIуэ куэдым. Апхуэдэхэщ, Урысеймрэ Куржымрэ я чемпион Хьэпэ Заур, гъуащхьэтет Биджий Хьэсэнбий, Алшагъыр Алий, Заруцкий Александр, Дзэмыхь Анзор, Саркисян Альберт, Чихрадзе Александр, Деменкэ Константин, Нэхущ Къазбэч, Морсков Андрей, Олейников Александр, КIурашын Олег, МытIрыш Мухьэмэд, Болэ Руслан сымэ, нэгъуэщIхэри. А школым зыщигъэсащ «Спартак-Налшык», «Локомотив» (Москва), «Анжи» (Мэхъэчкъалэ), «Кубань» (Краснодар) командэхэм я тренеру щыта, иджы Грознэм и «Терек» футбол клубым и тренер нэхъыщхьэ Красножан Юрий.
Футболист цIэрыIуэр ягу къагъэкIыжащ, хьэл-щэн хьэлэмэт хэлъахэм, IуэхущIафэ зэрихьахэм тепсэлъыхьащ. Зи лэжьыгъэм хьэлэлу пэрыта, IэфIагърэ Iущыгъэрэ гъащIэм хэзылъхьэфа цIыхум утепсэлъыхьыну тыншщ. Дэтхэнэми Iэпщэ Александр теухуа хъыбар гуапэ ищIэрт, ахэр иригушхуэхэрт апхуэдэ цIыху щыпкъэ зэрацIыхуам.
Псалъэмакъым къыщIидзащ КъБР-м спортымрэ туризмэмкIэ и министрым и къуэдзэ Двуреченский Анатолий.
— СэркIэ пщIэщ Iэпщэ Александр теухуа зэIущIэр къызэIусхыныр. БлэкIам щIыхь хуащIкIэрэщ къэкIуэнур зэраухуэр. Нобэ дыкъыщIызэхуэса щIалэм и гуащIэшхуэ хэлъщ топджэгум игъуэта зыужьыныгъэм. Ар и IэщIагъэм къыхуигъэщIат. Къэралым и футболым лъагэу щыIэтащ Александр и цIэр. Спорт гъащIэм абы щиубыд увыпIэр тлъытапхъэщ.
Лъэпкъым къыбгъэдэкIыу зэIущIэм къеблэгъахэм фIыщIэ яхуищIащ Iэпщэ Хьэсэн.
Iэпщэ Александр и цIэр зезыхьэ Сабий-ныбжьыщIэ спорт школ къэрал кIэзонэ IуэхущIапIэм и унафэщI Чэрим Олег псалъэмакъым къыпищащ.
— Александр и цIыхугъэу щытахэм, футболым хуищIа хэлъхьэныгъэм щыгъуазэхэм сыт щыгъуи къыддаIыгъщ абы теухуауэ къызэдгъэпэщ дэтхэнэ Iуэхугъуэри. Ди хьэщIэщ Дагъыстэным, Осетие Ищхъэрэ-Аланием къикIахэри. Дэтхэнэми и чэнджэщ дыхуэныкъуэщ нобэ. Илъэс къакIуэ турнирыр зэрыдубзыхунур абыхэм елъытащ: щIэуэ къэдгупсысынуIами, зэхъуэкIыныгъэ хэтлъхьэнуми. Iэпщэ Александр и фэеплъ зэхьэзэхуэр щхьэпэщ. Футболым дихьэх ныбжьыщIэхэм ягурыгъэIуэн хуейщ зи IэщIагъэм псэкIэ бгъэдэта, спорт гъащIэм щIэщыгъуагъ хэзылъхьэу щыта цIыху гуапэ дызэриIар. Ар ди гум илъынущ и цIыхугъэ лъагэр, и хьэл-щэн телъыджэр ди щапхъэу.
— Срогушхуэ си гъащIэ гъуэгум Iэпщэ Александр сызэрыщыхуэзам. Абы и гъусэу футболым дызэрыхэтар, джэгугъуэ къэс къыхэтхыу щыта дэрэжэгъуэ ин дыдэр IэфIу си гум илъщ, — жиIащ футболымкIэ тренер, КъБР-м физическэ щэнхабзэмрэ спортымрэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Понамарёв Сергей.
— Ныбжьэгъугъэм сыт щыгъуи Iэпщэ Александр и гур хузэIухат, цIыхугъэ лъагэ хэлът. И нэIэ щIэт сабийхэм щхьэкIэ сытри хуэщIэнут. ЩIэблэм ябгъэдилъхьэн иIэт. Нобэ дыхуэныкъуэщ ди ныбжьэгъум. Мы турнирыр абы и фэеплъ гуапэщи, ар нэхъри зэпэщ зэрытщIынум дыхущIэвгъэкъу, — жиIащ КъБАССР-м и Къэрал спорткомитетым и унафэщIу щыта Белгъэрокъуэ Хьэжсет.
— Александр футболист къудейтэкъым, атIэ спортсмен цIэрыIуэт. Псом хуэмыдэу фIыщэу илъагъурт Сабий стадионыр. Абы къыщыкI дэтхэнэ удзыпэ цIыкIури и нэIуасэт абы. Ар цIыхупсэм и къабзагъым и нэщэнэщ, — Iэпщэ Александр сытми игъэпIейтейуэ зэрыщытар къыхигъэщащ атлетикэ псынщIэмкIэ Сабий-ныбжьыщIэ спорт школым и тренер Миновский Владимир.
ГуапагъэкIэ псыхьат зэIущIэр. ЗэIэпахыу яIуатэрт Iэпщэ Александр теухуа хъыбархэр. АпщIондэхуи, дэтхэнэми гур къизыгъэпIейтеикI нэжэгужагъэ къызэрыхыхьэр плъагъурт. КIуэаракъэ, езыр къахэсу, къадэуэршэру къыпщыхъурт.
Гугъуэт Заремэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28989.txt"
} |
Ислъамым и нур
Мазэ лъапIэ
Рэмэданыр къихьэмэ, жэнэтыбжэхэр къызэIуах
ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, бадзэуэгъуэм (июлым) и 9-м мыгъэрей нэщIым щIедзэ. Ауэ ар ипэжыпIэкIэ къыщытщIэнур мазэщIэр къэунэхуа иужькIэщ икIи, абы къыхэкIыу, а пIалъэм зы махуэкIэ зэхъуэкIыныгъэ игъуэтынкIэ хъунущ. Шэч хэмылъу, Рэмэдан мазэ лъапIэм зэрыщIидзэм теухуа хъыбар нэхъ пасэу фэдгъэщIэнущ икIи нэщIым и пэщIэдзэмрэ кIэухымрэ зэрыт нэмэз щIыгъуэхэр фи пащхьэ итлъхьэнущ.
Дэтхэнэ зы муслъымэнми и къалэнщ мурад ищIу, пщэдджыжьым и нэхущ пэжым щегъэжьауэ дыгъэр къухьэхукIэ, нэщIыр зыкъутэн имылэжьыну, псэхьэлэлкIэ а Iуэхугъуэ щхьэпэр ирихьэкIыну. «Ислъамым и нурым» нобэ теддзэ чэнджэщ щхьэпэхэм ар тынш къыфщащIыну ды- щогугъ.
ТхузэфIэмыкIын къалэн къытщищIыркъым
Нэгъабэ ещхьу, мыгъэрей нэщIри хуабэм ирихьэлIащ, махуэхэри кIыхьщ. Абы щыгъуэми гугъу нэхъ ехьыхукIэ и псапэри нэхъыбэ зэрыхъунур зыщIэ муслъымэным ар къытехьэлъэнукъым. Къытехьэлъэнукъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ещIэ сыт хуэдизкIэ дыгъэр гуэщIами, жыхьэнмэ мафIэр зэрынэхъ гуащIэжыр. Махуэм и кIыхьагъри муслъымэн пэжым къытехьэлъэнукъым — абы зыхуегъэхьэзыр Къемэт махуэу, махуэ гугъум икIи махуэ кIыхьым.
НэщI щиIыгъкIэ гугъуехь гуэр зэрызыхищIэу цIыхум и нэгум занщIэу къыщIоувэ абы псапэ къызэрыдэкIуэнур, и гуэныхьхэри абы зэрыдэкIуэдынур. Аращ бэшэчагъ къыхэзылъхьэр.
Алыхьталэм тхузэфIэмыкIын къалэн къытщищIыркъым. НэщIыр хьэлъэми пхуэмышэчыну, пхудэмыхыну щыткъым. Къызытехьэлъапэм Алыхьым ар и пщэ къыдилъхьэххэркъым.
КъищынэмыщIауэ, гу зылъытапхъэращи, нэщIыр тыншу пхудэхын пэтрэ фэрыщIагъ зепхьэу лейуэ гугъу зыщIебгъэхьын щыIэкъым. АбыкIэ уи псапэри нэхъыбэ хъунукъым. Нэхъ тыншу нэщIыр къызэрохъулIэн Iэмалхэр зепхуэн хуейщ. Уеблэмэ, Рэмэдан мазэм лэжьыгъэхэм нэхъ закъыдэбгъахуэу, псапэ Iуэхум зептыфынумэ, ар нэхъыфIыжщ.
УнэщIыныр зэрыфарзымкIэ муслъымэн Iуммэт псор зэакъылэгъущ. Абы и тегъэщIапIэр Алыхьым къригъэха КъурIэнымрэ бегъымбар лъапIэм, Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэу, хъуэхъум я нэхъыфIыр зылъысыным, и суннэмрэщ.
КъурIэным итщ: «Уа, Iиман зиIэхэ! ФэркIэ къалэнщ нэщIыныр, фи япэкIэ щыIахэм ар я къалэну зэрыщытам хуэдэу, шынагъэ фхэлъын папщIэ» (Сурэ Бэкъэрэ: 183).
Суннэр къэтщтэнщи, бегъымбар лъапIэм, Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэу, хъуэхъум я нэхъыфIыр зылъысыным, жиIащ: «Ислъамыр лъабжьитхум тещIыхьащ…», икIи абыхэм ящыщ зыуэ къигъэлъэгъуащ «Рэмэдан мазэм унэщIыныр…» (Бухъарий).
НэщI зытехуэр
НэщIыну къытохуэ муслъымэн балигъым, зи акъыл зэтетым, зи унэ исыжым (мыгъуэгурыкIуэм), нэщIыфыну къару зыбгъэдэлъым. ЦIыхубзым — мазащхьэ е нифас (сабий зыгъуэта цIыхубзым зыщигъэкъэбзэж зэманращ) мыкъабзэныгъэхэр имыIэу щытмэ.
Илъэсибл ирикъуа сабийм, хузэфIэкIыну щытмэ, нэщI ебгъэIыгъ хъунущ. ИлъэсипщI ирикъуам нэхъ ткIийуэ текъузапхъэщ.
Дауи, балигъ мыхъуам и къалэнкъым нэщI иIыгъыну, ауэ, зэрыжаIэу, «чы щIыкIэ къыумыгъэшар, бжэгъу хъуа нэужь къыпхуэгъэшыжыркъым». Сабийр мащIэ-мащIэурэ, хуэм-хуэмурэ хуегъэсэн хуейщ дин къалэнхэм.
НэщI зыIыгъа сабийм къихьа псапэр езым еижщ, и адэ-анэм псапэ къызэрахьыр ар нэщIыну къызэрыхураджэрщ, фIым зэрыхуагъасэрщ.
Алыхьыр арэзы зыхуэхъун Мухьэууиз ипхъу Iэр-Рубэйихь езыхэр зэрынэщIу щытам теухуауэ жиIэжащ: «Ди сабийхэм нэщI едгъэIыгъырт. Цым къыхэщIыкIауэ зэрыджэгун хьэпшып гуэрхэр яхуэтщIырти, къэмэжалIэрэ къыхэгъыкI къахэкIмэ, ар яхуэтшийурэ, хэщхьэжыгъуэм нэс тедгъэухэрт» (Бухъарий).
Языныкъуэхэр Iэпэдэгъэлэлу бгъэдохьэ я бынхэм нэщI егъэIыгъыным. Уеблэмэ езы сабийм и жэрдэмкIэ, къызэрытехьэлъи щымыIэу, фIэфI дыдэу нэщI щиIыгъым деж, и адэ-анэр жьэхэлъэу щыхагъашхэ щыIэщ. АбыкIэ гущIэгъу я быным хуащIу къащохъуж, ауэ пэжым ухуеймэ, гущIэгъу я быным хуащIа щыхъур нэщI IыгъыкIэм хурагъасэмэщ, балигъ ныбжьым хуагъэхьэзырмэщ.
Щэращ умышхыу къыумыгъанэ
Щэращ умышхыу къыумыгъанэ, зэрыхъукIи ар гъэгувэ, ауэ хыумыгъэкIасэ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, нэхущ пэжыр къэунэхуным щэращыр нэхъ пэгъунэгъухукIэ, нэхъыфIщ. Бегъымбар лъапIэм, Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэу, хъуэхъум я нэхъыфIыр зылъысыным, жиIащ: «Щэращ фшхы, щэращым берычэт хэлъщ» (Бухъарий). Абы къикIращи, щэращ шхыным берычэт къыдокIуэ. КъимыдэкIэ, щэращ пшхымэ, «Iэхьлул-китаб» зыхужаIэхэм — журтхэмрэ чристэнхэмрэ — я нэщI IыгъыкIэу езыхэр зытеIэзэщIыхьыжам емыщхь мэхъу. Абыи диным ухуре-джэ. Мыри жиIащ лIыкIуэ лъапIэм щэращым ехьэлIауэ: «Хъурмэр щэращ дэгъуэщ муслъымэным дежкIэ» (Iэбу Дауд).
НэщIым къыпэкIуэ фIыгъуэхэр
НэщIым фIыгъуэ куэд пылъщ, абы ехьэлIауэ хьэдис пэжхэр мымащIэу щыIэщ. Ахэр гупитI ипщIыкI хъунущ. Зым сыт хуэдэ нэщIми и фIыгъуэр къагъэлъагъуэ — ар ирефарз е иренафилэ (псапэ). Адрейр зыхуэгъэзар езы Рэмэдан мазэ дыдэрщ.
Псалъэм папщIэ, хьэдис щыIэщ, нэщIым къыпэкIуэну фIыгъуэу Алыхьым игъэхьэзырар зыхуэдэр и щхьэ течауэ къимыгъэлъэгъуауэ, нэщI зыIыгъым и псапэр апхуэдизкIэ иIэтащи. (Уеплъ хъунущ «Щэхьихь аль-Бухъарий»). Апхуэдэуи урохьэлIэ хьэдис, нэщIым хуэбгъэдэн щымыIэххэу (Iэн-НэсаIий); нэщI исым и духьэр жэуапыншэ мыхъуу (аль-Бэйхэкъий); нэщI исым гуфIэгъуитI иIэу: зыр — щыхэщхьэжым деж, етIуанэр — и Тхьэм IущIэжа нэужь (Муслим); нэщIыр цIыхум шэфэхьэт къыхуэхъужыну, Къемэт махуэм дежи мыпхуэдэу жиIэну: «Уа, си Тхьэ! Махуэм къриубыдэу шхынымрэ зэхъуапсэхэмрэ мыбы пэзубыдащи, шэфэхьэт сыхуэгъэхъу» (Iэхьмэд); «нэщI исым и Iум кърих мэр Алыхьым и дежкIэ мискым (дыхум я нэхъыфI дыдэм) и мэм нэхърэ нэхъ гурыхьу» (Муслим); нэщIыр цIыхум хъумакIуэ къыхуэхъуу, жыхьэнмэ мафIэм химыгъэхьэну быдапIэ быдэу къихухьу (Iэхьмэд); Алыхьым и гъуэгукIэ зы махуэ нэщIар, а махуэм и хьэтыркIэ, жыхьэнмэ мафIэм илъэс блыщIкIэ пэщIигъэкIуэтыну (Муслим).
Жэнэтым хэлъ бжэхэм ящыщ зым «Рэйян»-кIэ йоджэ. НэщI зыIыгъахэр абыкIэ щIыхьэнущ, абыхэм нэмыщI нэгъуэщI зыгуэри абы пхыкIыфынукъым. Яужь дыдэ итыр щIыхьа нэужь, ягъэбыдэжынурэ, а бжэмкIэ нэгъуэщI зыри щIыхьэжыфынукъым» (Бухъарий).
Рэмэдан мазэм унэщIыныр, япэрауэ, ислъам диным и зы пкъощ, и зы лъабжьэщ. ЕтIуанэрауэ, абы ирихьэлIэу КъурIэн лъапIэр къехащ. Ещанэрауэ, а мазэм зы жэщ хэтщ (Къэдэр жэщыр), мазэ мин нэхърэ нэхъыфIу. «Рэмэданыр къихьэмэ, жэнэтыбжэхэр къызэIуах, жыхьэнмэбжэхэр зэхуащI, шейтIанхэр Iэпхлъэпх ящI», — къыщокIуэ хьэдис пэжым (Бухъарий). «НэщI мазэм унэщIыныр мазипщI унэщIыным поув, абы хуэдэ мэхъу», жеIэ нэгъуэщI хьэдисми. (Муснэд Iэхьмэд). «Iиман бгъэдэлъу, Алыхьым и псапэми щыгугъыу, Рэмэданым нэщIам, и гуэныхь блэкIахэр къыхуагъэгъунущ», — къыдегъащIэ хъыбар лIыкIуэ лъапIэм, Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэу, хъуэхъум я нэхъыфIыр зылъысыным (Бухъарий). «Хэщхьэжыгъуэ къэскIэ, Алыхь Иным (жыхьэнмэм) зы гуп къыхегъэкI» (Муснэд Iэхьмэд). Ари хьэдис лъапIэщ, Рэмэданым епхауэ.
Сэбэпынагъыу къишэр
НэщIыр Алыхьым ди пщэм къыщIыдилъхьам Iущыгъэ куэд хэлъщ, сэбэпынагъышхуэхэри иIэщ абы. КIэщIу, псори къызэщIиубыдэу, къапщтэмэ, цIыхум тхьэшынагъэ хэлъыр здынэсыр нэщIым наIуэ къещI. Абыи къыщынэркъым, тхьэшынагъэм хущIэкъуным хуегъасэ. Нэхъ гурыIуэгъуэ къэтщIынщ мы зи гугъу тщIыр:
1. «Алыхьыр згъэарэзынщ, и хьэзабми сыкъелынщ»,- жызыIэу, махуэ псом зи Iум шхын хьэлэл езымыгъэхыу нэщIым, хьэрэм зыхэлъ Iуэху илэжьыххэнукъым. Хьэлэлым зыщызыхъумэфым, хьэрэмыр дауэ зригъэкIуэлIэн?!
2. ЦIыхум и ныбэр нэщIмэ, и Iэпкълъэпкъ псори нэщIа мэхъу, хъуэпсэныгъэхэм я нэ къыхуимыкIыу. Ауэ и ныбэм щизым деж, и бзэгури, и нэри, и Iэри, и лъэри хьэрэмым хуолIэ, хуопабгъэ. Аращи, нэщIым шейтIан къарур иреудых, шэхьуэтыр (хьэрэмым гурыIупс къыхуеблыныр) егъэужьых, Iэпкълъэпкъри къабзэу зэтреIыгъэ.
3. НэщI исым мэжэлIэныгъэм и гугъуехьыр зыхищIэмэ, тхьэмыщкIэхэм я псэукIэ хьэлъэр и нэгум къыщIоувэ, ар гурэ псэкIэ зыхищIэ мэхъури, гущIэгъу яхуещI, абы ипкъ иткIи, зыгуэркIэ якIэлъыIэбэну, яхуэупсэну яужь йохьэ.
4. И мурадыр зэтриухуэфу, зэхъуапсэхэм япэщIэтыфу, гуэныхьхэм запыIуидзыфу нэщIым цIыхур ирегъасэ. Дауи, нэщI зыIыгъыр езыр зоныкъуэкъуж, зэсауэ фIэфIхэр зрихьэлIэну хуимыдэу, и псэм йобэн.
5. НэщIым цIыхур хуегъэпсыхь хабзэ гуэрым теубыдауэ псэуфу, зэман пыухыкIам теплъэкъукI имыIэу тетыфу. Хабзэншэу, зэгъэзахуэ лъэпкъ ямыIэу теутIыпщхьауэ псэу куэдым хущхъуэгъуэ яхуэхъунут нэщIыр, къагурыIуэу щытамэ.
6. Муслъымэн псори зэрызэгъусэр, зэкъуэтыни зэрыхуейр нэщIым нэрылъагъуу къыхощ. Псалъэм и хьэтыркIэ, муслъымэн Iуммэт псор зы мазэм техуэу, зэуэ зэдонэщI, зэуэ нэщI зэдокIыж.
7. ЩIэныгъэ зыбгъэдэлъхэмрэ ислъамым и къэкIуэнум гудзакъэ хузиIэхэмрэ зэман дэгъуэ ягъуэт Рэмэдан мазэм цIыхухэр диным къыхуагъэушыжыну. Зэрыбелджылыщи, мы мазэм цIыхухэм я гур мэжджытхэмкIэ нэхъ гъэза мэхъу. КъахокI абыхэм Тхьэм и унэм япэ дыдэ щIыхьи, куэд щIауэ мыкIуауэ, къэзыублэжи. ИкIи ахэр Рэмэданым деж мэжджытым зэрыщIыхьэхэр къызэрыгуэкI щIыхьэкIэкIэкъым, атIэ ягухэр нэхъ пцIанэ хъуауэ, я псэхэр нэхъ хьэлэлущ. Аращи, а зэманыр нэгъэсауэ къэгъэсэбэпыпхъэщ гумащIэ нэхъри узыщI уазхэмрэ гупсысэшхуэ зыхэлъ дерсхэмрэ захебгъэхыурэ… Мы IуэхумкIэ муслъымэн псори зэкъуэувэн хуейщ. ИтIанэщ абы кърикIуа IэужьыфIхэр наIуэ щыхъунур.
Диным къыхуезыджэу утыкум ит цIыху Iумахуэхэр псом хуэмыдэу мы зы Iуэхугъуэм — езыхэм я щхьэр зыщагъэгъупщэж зэрымыхъунум — теплъэкъукIынкIэ Iэмал иIэкъым. Къызыхураджэ IуэхугъуэмкIэ езыхэр псом япэ иту егъэлеяуэ зыхуэсакъыжын хуейщ. Армырамэ, кIэртIоф уэздыгъэм хуэдэу, нэгъуэщIхэм яхуэблэурэ, езыхэр щIэткIукIыныр бетэмалщ.
НэщIыр мэкъутэ, мыбыхэм уахуэмысакъмэ
ЛIыкIуэ лъапIэм, Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэу, хъуэхъум я нэхъыфIыр зылъысыным, жиIащ: «Гуэныхь зыпылъ къипсэлъынымрэ гуэныхь зыпылъ ищIэнымрэ цIыхум зэхимынэмэ — Алыхьыр хуэныкъуэкъым абы и шхэни, и (псы) ефэни къызэригъанэм» (Бухъарий).
ПцIы упсынми, цIыхум хуэпсэлъэнми, бзэгу зехьэнми, псалъэ фIей жыIэнми, нэгъуэщI мыхъумыщIэ псоми защидзеин хуейщ нэщI исым. Армырамэ, къинэщIар псори абы дэкIуэдыжынкIэ шынагъуэщ. «НэщI ис щыIэщ, зэрымэжалIэм фIэкIа нэгъуэщI абы къыхимыхауэ», — жиIащ Мухьэмэд бегъымбарым (ибн Маждэ).
Псапэхэр зыгъэкIуэдыжу, гуэныхькIэ цIыхур щIэзыгъанэхэм ящыщщ, «нэщIгъакIуэ» фIащауэ, телевизорым зэрыбгъэдэсыр, абы къит мыхъумыщIэхэм зэреплъыр, сериал фIейхэм, зэпеуэ купщIэншэхэм кIэлъыплъурэ зэманыр зэрагъэкIуэдыр, гъуэгущхьэм уэршэру зэрытесыр…
Умыгубжь, хьэлыншэу ущымыт
Угубжьын, укIиин дэнэ къэна, апхуэдэу щыт гуэрым уIууамэ, нэщI узэрисыр хэIущIыIу къэпщIын хуейщ. «НэщI исым зыгуэр къезэуэну къыпэщIэувамэ е хъуэн зыхэлъ псалъэкIэ зыкъыпэщIисамэ, «Сэ нэщI сисщ, сэ нэщI сисщ», — жрыреIэ абы», — дегъэIущ Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэу, хъуэхъум я нэхъыфIыр зылъысын бегъымбарым (Бухъарий). Къытригъэзэжурэ а псалъэхэр тIэу жиIэн щIыхуейр щIэныгъэлIхэм къалъытащ мыпхуэдэу: зымкIэ езым игу къегъэкIыж зыхэт Iуэхугъуэ лъапIэр, адреймкIэ зыкъыпэщIэзысам кърегъащIэ нэщIыр зищIысыр.
Ди жагъуэ зэрыхъунщи, нобэ нэщI зыIыгъхэм къахокI нэщIыр зищIысымрэ, абыкIэ Алыхь Иным къыдгуригъэIуэну зыхуеймрэ емыгупсыс. ЦIыхур нэщI щисым и деж, зэи хуэмыдэжу, зиIыгъыжыпхъэщ. ТэмакъкIыхьу, дэчых жыхуаIэр ищIэу, зэпIэзэрыту ирихьэкIын хуейщ абы и махуэр, зэрыщыту нэщI мазэ псор.
Псапэ къэлэжь
ЩIэныгъэкIэ, мылъкукIэ, къулыкъукIэ, къарукIэ, хьэл-щэн дахэкIэ, е нэгъуэщI гуэркIэ Алыхьыр къызыхуэупсам, ар къигъэсэбэпу псапэ къихьмэ, и насыпщ. Езы бегъымбар лъапIэр, Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэу, хъуэхъум я нэхъыфIыр зылъысыныр, IуэхуфI лэжьынкIэ цIыхуу щыIэм я нэхъ жыджэру щытащ. Нэхъыбэ дыдэу абы гугъу зыщригъэхьыр Рэмэданырт, ДжэбрэIил мелыIычым щыхуэзэрт. Рэмэдан мазэм ирихьэлIэу, жэщ къэс лIыкIуэ лъапIэмрэ абырэ зэIущIэрти, КъурIэныр зэгъусэу щIаджыкIырт. «Жьы сэбэпым къызэдихь къулеигъэхэм ефIэкIыжу игъэбагъуэрт абы илэжь фIыгъуэшхуэхэр», — жаIэж ар зылъэгъуа цIыху щхьэ махуэхэм (Бухъарий).
Абы иужькIэ хьэдэгъуэдахэкъэ языныкъуэхэр, хьэлэлыным и пIэкIэ, нэщI мазэм нэпсеягъэм нэхъ зэрилъахъэр, Тхьэм нэхъ жыджэру хуэжыIэщIэным и пIэкIэ, щхьэхынагъэр къазэрытекIуэр? НэщIыр щхьэусыгъуэ зыщIу, лэжьапIэм е унагъуэм зи къалэн щызымыгъэзащIэхэр, зыщыщIезыгъэххэр щышынэн хуейщ хьэрэмыгъэм и гъуэгу цIантхъуэрыгъуэм зэрытехьэм.
Щхьэусыгъуэншэу нэщI мазэм хэшхам гуэныхь ин дыдэ къехь
Бегъымбар лъапIэм, Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэу, хъуэхъум я нэхъыфIыр зылъысыным, пщIыхьэпIэ илъэгъуам (бегъымбархэм я пщIыхьэпIэр нахуапIэм иту Алыхьым къажриIам хуэдэщ) мыпхуэдэу къыхощ:
… Бгыкум сыщынэсым, макъышхуэ гуэрхэр зэхэсхащ.
— Сыт мы макъхэр? — сыщIэупщIащ.
— Ар жыхьэнмэ Iыхьлыхэм я къугъ макъщ, — къызжаIащ.
АдэкIэ срашэжьэжри, зы гуп саIууащ я лъэдиймкIэ фIэщIахэу, я жьафэхэр хэтхъарэ лъыпсыр къажьэдэжу.
— Хэт мыхэр? — аргуэру сыщIэупщIащ.
— Хэщхьэжыгъуэр къэмысу хэщхьэжахэрщ, — къызатащ жэуап.
(Мы хьэдисыр итщ аль-Мунзирий и «Щэхьихь Iэт-Тэргъиб» тхылъым).
Iэз-Зэхьэбий щIэныгъэлIышхуэм, Алыхьыр гущIэгъукIэ зыхуэупсэным, жиIащ: «Муслъымэнхэм я деж гурыIуэгъуэу икIи зэхэгъэкIауэ щыщытщ, Рэмэдан мазэм нэщIыныр щхьэусыгъуэншэу IэщIыб зыщIыр зинэ зыщIэми, фадэм дишэхам нэхъри зэрынэхъ Iейр. Уеблэмэ апхуэдэм и муслъымэныгъэм шэч къытрахьэ, диныншэ, Iиманыншэ фэ ираплъ».
Псапэшхуэщ нэщI исар хэбгъэщхьэжыну
Абы ехьэлIауэ жиIащ лIыкIуэ лъапIэм, Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэу, хъуэхъум я нэхъыфIыр зылъысыным: «НэщIар хэзыгъэщхьэжым, абы и псапэм хуэдэ дыдэ къехь, ауэ щыхъукIи, нэщI зыIыгъам и псапэм зыри хэщIыркъым» (Iэт-Тирмизий). Ди япэ псэуа цIыхушхуэхэм, щIэныгъэлIхэм куэд къахэкIащ, езыхэм я щхьэр къагъанэрэ, тхьэмыщкIэхэр хагъэщхьэжу.
Хэщхьэжыр умыгъэгувэ
ЛIыкIуэ лъапIэм, Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэу, хъуэхъум я нэхъыфIыр зылъысыным, жиIащ: «ЦIыхухэм я Iуэхур фIыгъуэншэ хъунукъым я хэщхьэжыр ямыгъэгувэу екIуэкIыху» (Бухъарий). Узэрыхэщхьэжыну нэхъыфIыр, лIыкIуэ лъапIэр зэрыхэщхьэжу щытахэрщ: «Бегъымбарыр, (ахъшэм) нэмэзыр имыщI и пэ, хъурмэщIэ зыбжанэкIэ хэщхьэжу щытащ. Апхуэдэ имыIэмэ, хъурмэ гъуакIэ. Ари имыIэмэ, псы Iубыгъуэ зыбжанэкIэ» (Iэт-Тирмизий).
Зэуэ куэд умышх
Губзыгъэр щIэшхэр псэун папщIэщ, ауэ языныкъуэхэр щIэпсэур шхэн щхьэкIэщ. «ФIыуэ машхэ, куэд ешх», жыпIэу узыщытхъун хуейр Iэщыращ, цIыхум и дежкIэ ар сэбэпкъым, атIэ щхъухьщ.
Зэи хуэмыдэжу, языныкъуэхэм нэщI мазэм я шхэбжэр ину зэIуахри, бэзэрым шхыныгъуэу телъыр къытращэхукI. Зэману абы ихьым ущIэмыупщIэххэ! Илъэс псом а зы мазэм фIэкIа нэщIыну цIыхум къыщыхуимыхуэкIэ, шхыным апхуэдиз зэман тримыгъэкIуадэу, нэщI мазэ лъапIэм псапэшхуэу къилэжьыфынухэм елIэлIамэ куэдкIэ нэхъыфIт.
Рэмэдан мазэм Iэпкълъэпкъыр тыншыным, къабзэ хъуным, узыншагъэри ефIэкIуэным и пIэкIэ, шхын куэдым и зэран къекIауэ, шхалъэ узрэ кIуэцI узрэ хахауэ и кIэм нагъэс языныкъуэхэм. Зи ныбэр шхынкIэ фIыуэ зыкъуам, турыхь нэмэзри хуэщIыжыркъым, ищIыпэми, къытохьэлъэ.
«Андез тхуэIыгъкъым, нэмэзыр нэхъ кIэщIу дыгъэщI», жызыIэ языныкъуэхэм гукъанэ зыхуащIын хуейр нэмэзыр езыгъэщI Iимамыракъым, атIэ езыхэм я щхьэрщ. Абы и щхьэусыгъуэри шхэкIэ тэмэм зэрамыщIэрщ.
Аращи, Рэмэдан мазэ лъапIэр зыхуэгъэкъаруун муслъымэн псори Тхьэм дищI. Ди нэщIри нэмэзри Алыхьым къабылу тIих!
Гъэсэныгъэ
Адэ-анэр зыщыгуфIыкIар
Унагъуэ гуэрым щIалэ жыIэщIэ цIыкIу къыщыхъурт, Ахьмэд и цIэу. Ар гъэсат, хьэл-щэныфI зыхэлът, фIыуэ еджэрти, псоми фIыуэ къалъагъурт.
Ахьмэдхэ я унэр къалэкIэм хуэзэрт. Ар щеджэ школыр здэщыIэр къалапщэрати, абы автобускIэ махуэ къэс кIуэн, икIи къэкIуэжын хуей хъурт.
Зэгуэрым, пщэдджыжьышхэ ищIри, зэрихабзэу, еджапIэм кIуащ. АрщхьэкIэ, унэм къыщысыж зэманыр фIэкIами, къэкIуэжыртэкъым. Адэ-анэр, шэч хэмылъу, къэгузэващ. Ахьмэд зыцIыхухэм, щIалэ цIыкIум и ныбжьэгъухэм я деж телефонкIэ псэлъащ. Ауэ ар къыщIэгувэм и щхьэусыгъуэм зыри щымыгъуазэу къыщIэкIащ…
ИкIэм-икIэжым бжэм хэлъ уэзджынэр къэзури, щIалэ цIыкIур къыщIыхьэжащ, укIытауэ, и щхьэр ехьэхауэ. Абы зыхищIэрт фIыуэ къэзылъагъу и Iыхьлыхэр зэригъэгузэвар, гугъу зэрыригъэхьар.
— Дэнэ апхуэдизрэ уздэщыIар? — ткIийуэ къеупщIащ и адэр.
Ахьмэд къиIуэтэжащ еджапIэм игъуэу къызэрыщIэкIыжар. АрщхьэкIэ факъырэ фызыжь гуэр къыхуэзати, игу щIэгъури, и гъуэгупщIэ ахъшэ тIэкIур иритащ. Абы къыхэкIыу унэм лъэсу къэкIуэжын хуей хъуати, къэгуващ.
Адэ-анэм я гур псэхужащ. Ахэр зэхуэарэзыуэ зэплъыжри, я быным и хьэлэлагъым хуабжьу ирипэгащ.
«Алыхьым уигъэфIэжынщ — Ар фIы зыщIэхэм хьэлэлу яхуоупсэ. Сэри Iыхьэншэ усщIынкъым», — жиIащ щIалэ цIыкIум и адэм, и бохъшэр къызэтрихыурэ. Ауэ Ахьмэд идакъым абы ахъшэ къыIихын: «ФIыщIэ пхузощI, папэ. Псапэ къэзлэжьмэ нэхъыфIщ мы дунейм фIыгъуэу тетым нэхърэ», — жиIащ а цIыкIум, нэхъыбэжу и адэ-анэр арэзы къищIу.
Мэжджыт цIэрыIуэхэр
СулътIан щихъым и цIэкIэ
Азие Курытым и мэжджыт нэхъ ин дыдэщ Къэзахъстаным и къалащхьэ Астана дэт «СулътIан Хьэзрэт» и цIэкIэ щыIэр.
1997 гъэм дыгъэгъазэм и 10-м щыщIэдзауэ Къэзахъстаным и къалащхьэр Астана (къэзахъыбзэкIэ «къалащхьэ» къикIыу аращ) ягъэIэпхъуащ. Абы иджыпсту цIыху мин 800-м нэблагъэ щопсэу. Апхуэдиз муслъымэн здэщыIэ къалэм, дауи, хуэфэщэн мэжджыт хуэныкъуэт. Абы и ухуэныгъэм 2009 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэм щIадзащ. Къэзахъстаным и президент Назарбаев НурсулътIан и жэрдэмкIэ, мэжджытыщIэм фIащащ «СулътIан Хьэзрэт» цIэр. Ар 1105 — 1166 гъэхэм Азие Курытым щыпсэуа, ислъам диныр жыджэру пхызыгъэкIа философ, усакIуэ Ясави Хьэжы Ахьмэд щихъыр зэрызэджэжу щыта цIэхэм ящыщ зыщ, «СулътIан щихъ» къикIыу аращ. Абы и мавзолейр иджыпстуи Туркестаным щыIэщ.
«СулътIан Хьэзрэт» и цIэр зезыхьэ мэжджытыр илъэсищым щIигъукIэ цIыху минхэм яухуащ. ГуфIэгъуэ щытыкIэм иту, ар 2012 гъэм бадзэуэгъуэм и 6-м къызэIуахащ икIи Къэзахъстаным и къалащхьэм и мызакъуэу, Азие Курытыр зэрыщыту игъэдэхащ.
МэжджытыщIэм къэзахъ лъэпкъым игъащIэ лъандэрэ къыдэгъуэгурыкIуэ тхыпхъэщIыпхъэхэр къыщыгъэсэбэпащ. Ар здыIуащIыхьа Есиль псым къыщыбгъурытщ Мамырыгъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ я уардэунэр.
«СулътIан Хьэзрэт» мэжджытым гектар 11 еубыд икIи цIыху минипщIым нэсым зэуэ нэмэз щащIыфынущ. Ар Къэзахъстаным щынэхъ уардэ дыдэщ (метр 51-рэ и лъагагъщ). Азэн джапIэм метр 77-кIэ зиIэтащ икIи МэккэкIэ гъэза мазэ ныкъуэ щыфIэдзащ.
Нэмэз щащIым къищынэмыщIауэ, мыбы нэчыхь щатх, щIэныгъэ-егъэджэныгъэ лэжьыгъэхэр, зэIущIэ зэмылIэужьыгъуэхэр щрагъэкIуэкI. Ар нобэрей гъащIэм сыткIи хуэщIа мэжджыт екIущ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28993.txt"
} |
Дерс къызыхахын лэжьыгъэ
Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ къэрал Лъэпкъ библиотекэм зэхыхьэ гуапэ щекIуэкIащ. Абы утыку къыщрахьащ экономикэ щIэныгъэхэм я кандидат, доцент, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым «Бухучет и аудит» и факультетым и декан ПщыхьэщIэ Сэфарбий «Сельское хозяйство США» зыфIища и тхылъыщIэр.
ПщыхьэщIэ Сэфарбий Зэхыхьэр иригъэкIуэкIащ экономикэ щIэныгъэхэм я доктор Балъкъыз Михаил.
Библиотекэм и унафэщI, филологие щIэныгъэхэм я доктор Емуз Анатолэ пшыхьыр къыщызэIуихым, ПщыхьэщIэ Сэфарбий Америкэм илъэс зыбжанэкIэ зэрыщылэжьар, а къэралым и мэкъумэш экономикэм зэрыхищIыкIыр, дерс къызыхэпх хъун Iуэху бгъэдыхьэкIэ зэхуэмыдэхэм гу зэрыщылъитар жиIащ.
Тхылъыр зи IэдакъэщIэкI ПщыхьэщIэ Сэфарбий зэхэхауэ тепсэлъыхьащ лэжьыгъэр итхыным щхьэусыгъуэ хуэхъуам, ди республикэм и мэкъумэш IэнатIэм и лэжьакIуэхэм ар къазэрыщхьэпэнум, нэгъуэщIхэми.
Тхылъым убгъуауэ щытопсэлъыхь Америкэм и мэкъумэш IэнатIэм зэрызиужьам къэралым къыхуихьа ехъулIэныгъэхэм, а Iэмалхэр къэбгъэсэбэпу, ди республикэм и экономикэм зебгъэужь зэрыхъунум, нэгъуэщI Iуэхугъуэхэми.
Сэфарбий и зэфIэкIым фIыуэ щыгъуазэ и лэжьэгъу, и ныбжьэгъу куэд мы зэхыхьэм къекIуэлIащ. Абыхэм зыжьэу жаIащ ПщыхьэщIэм лэжьыгъэ купщIафIэ зэрыригъэкIуэкIар, тхылъым мыхьэнэшхуэ зэриIэр.
Псалъэ гуапэхэм пащэу тхылъыр зытхам хъуэхъукIэ зыхуагъэзащ КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым и ректор Щыхьмырзэ Мухьэмэд, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, экономикэ щIэныгъэхэм я докторхэу Щауэжь Хьэсэнбий, ГъукIэжьхэ Владимиррэ Людмилэрэ, Мысачэ Валерэ, экономикэ щIэныгъэхэм я кандидатхэу Тхьэмэдокъуэ Хьэзрэталий, Тэгъузло Аслъэн, нэгъуэщIхэми.
Пшыхьыр щиухым, Емуз Анатолэ ПщыхьэщIэ Сэфарбий тыгъэ хуищIащ сурэтыщI цIэрыIуэ Шемякин Михаил и лэжьыгъэ телъыджэхэр щызэхуэхьэса томитIыр.
ЗэIущIэ дахэм хэтащ КъБКъМУ-м и егъэджакIуэхэр, студентхэмрэ аспирантхэмрэ, ирагъэблэгъахэр.
БЕЗЫР Ленэ,
Къэрал Лъэпкъ библиотекэм и
лъахэхутэ къудамэм и лэжьакIуэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "28998.txt"
} |
Пщалъэмрэ фIагъымрэ
Дунейм и щытыкIэм щIэх-щIэхыурэ зэрызихъуэжымрэ бгылъэ щIыпIэхэм гъуэгу лэжьыгъэхэр щегъэкIуэкIыным хэлъ гугъуехьхэмрэ щхьэкIэ къэмынэу, Нартсанэ — Нарзаныпсхэм я Ауз — Джылы-Су, Iуащхьэмахуэ автомобиль гъуэгур и пIалъэм зэриухуэным, зэгурыIуэныгъэкIэ къищта къалэн псори зэригъэзэщIэным «Главдорстрой» ООО-м и къарур ирехьэлIэ.
Пшахъуэ зэхэлърэ мывэ кIэщхъкIэ зэпымыууэ къызэрызэрагъэпэщым и фIыгъэкIэ, Чыщбалъкъ къуажэм щыIэ асфальт-бетон заводыр зэпIэзэрыту мэлажьэ. Техникэу къагъэсэбэпымрэ цIыху бжыгъэмрэ зэрыхагъэхъуам технологием и пщалъэмрэ автомобиль гъуэгум пыщIа лэжьыгъэ нэхъыщхьэхэм я фIагъымрэ къызэрегъэпэщ (апхуэдэщ гъуэгум и лъабжьэр, абы и щхьэфэр зэхуэгъэкIуэным, гъуэгубгъу щIытIхэм, кIэнауэхэм, нэгъуэщIхэми ехьэлIахэр).
КъБР-м ТранспортымкIэ, связымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министерствэм «Главдорстрой» ООО-м къалэн щищIащ дызыхуэкIуэ бадзэуэгъуэм и 15 пщIондэ километр 31-рэ хъу гъуэгу Iыхьэм асфальт телъхьэныр щызэфIигъэкIыу, Нартсанэ дэдзыхыпIэм къыщыщIэдзауэ «Нарзаныпсхэм я Ауз» турбазэм нэсыху кIыфIым къыхэнэхукI дамыгъэхэр щыгъэувыным иужь ихьэну.
Къумыкъу Мадинэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29003.txt"
} |
Бжыгъэ къэтыкIэм техьэну загъэхьэзыр
КъБР-м и Парламентым и депутатхэм, ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ комитетым и унафэщI Хьэщхъуэжь Татьянэ я пашэу, тхьэмахуэ кIуам зрагъэлъэгъуащ ди республикэм щылажьэ телерадиокомпаниехэм я щытыкIэр. Ахэр Iуэхум хигъэгъуэзащ КъБР-м хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин.
Депутатхэр нэхъыбэу зыщIэупщIар Iэмэпсымэ и лъэныкъуэкIэ IуэхущIапIэхэм я Iуэху зыIутымрэ бжыгъэ къэтыкIэм хуэкIуэну зэрыхьэзырымрэщ. «Налшык» ОРТК-м и тхьэмадэ Вэрокъуэ Владимир зэрыжиIамкIэ, зыхуей хуэза нэтынхэр къэтынымкIэ зыхуэныкъуэ псори щыIэщ. КъищынэмыщIауэ, ахэр зыщIэс унэм ещанэ къатыр къытращIыхьыжмэ, республикэ телеканалым и лэжьакIуэхэри абы Iэпхъуэнущ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр бжыгъэ къэтыкIэм зэрытехьэну щIыкIэмрэ дяпэкIэ жэщи-махуи зэрылэжьэнумрэ зэпкърыхауэ хьэщIэхэм яжриIащ «Къэбэрдей-Балъкъэр» ВТК-м и унафэщI Дроздов Игорь. «Иджыпсту сыхьэти 7-м нэблагъэкIэ эфирым дитщ. Абы къыщыдогъэлъагъуэ бзищымкIэ хъыбарыщIэхэр, фондым хэлъ программэхэр, Iуэхугъуэ щхьэхуэхэм теухуа нэтынхэр. КъБКъУ-мрэ дэрэ дгъэхьэзыращ адыгэбзэр зэрызэрагъэщIэну видеодерс 30-м нэс, иджыпсту балъкъэрыбзэм ехьэлIа апхуэдэ лэжьыгъэр йокIуэкI, — жиIащ Дроздовым.
ТВ-м и редакцэхэм, монтаж лэжьыгъэр щекIуэкIым, хъыбарыщIэмкIэ IэнатIэм щыIа, журналистхэм яIущIа нэужь, Хьэщхъуэжь Татьянэ къыхигъэщащ «Къэбэрдей-Балъкъэр» ВТК-м и лэжьыгъэм арэзы къызэрищIыр.
Пщыгъуэш Iэсият.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29007.txt"
} |
Шэху уэздыгъэхэр нэхущым къоблэ
ХьэтIохъущокъуэм и цIэр зезыхьэ Налшык жыг хадэм ит МафIэ мыужьыхым деж мэкъуауэгъуэм и 22-м и нэхущым цIыху куэд щызэхуэсат.
ПэкIур теухуат Хэку зауэшхуэм зэрыщIидзэрэ илъэс 72-рэ зэрырикъум. 1941 гъэм, мэкъуауэгъуэм и 22-м и пщэдджыжьым, сыхьэти 4-м совет къэралыгъуэм нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэр уащхъуэдэмыщхъуэу къытеуауэ щытащ.
Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэр ягу къагъэкIыжын папщIэ, нэху къатемыщхьэ щIыкIэ зэIущIэм щызэхуэсащ республикэм и министерствэ зэмылIэужьыгъуэхэм я унафэщIхэр, ветеран, щIалэгъуалэ, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм, «Урысей зэкъуэт», «Захуагъэм тет Урысей», коммунист партхэм я лIыкIуэхэр, еджапIэ нэхъыщхьэхэм щеджэ студентхэр, нэгъуэщIхэри.
Зауэ макъамэхэмкIэ къызэIуаха зэхыхьэр ирагъэкIуэкIащ Къалэн куэд зыгъэзащIэ Къэбэрдей-Балъкъэр щIалэгъуалэ центрым и лэжьакIуэхэм. Утыкум къиува щIалэмрэ пщащэмрэ Хэку зауэшхуэр зэрыщIидза щIы-кIэр къызэхуэсахэм ягу къагъэкIыжащ, бийм пэщIэувэу абы текIуэныгъэ къыщихьын папщIэ, совет цIыхубэм хьэзабу ишэчар зыхуэдизым и гугъу ящIащ.
Ветеранхэм я Налшык къалэ советым и тхьэмадэ Абдуллаев Мустэфа пэкIум къекIуэлIахэм нэхъыжь псалъэкIэ захуигъэзащ.
— Япэрауэ, нобэрей пэкIур къызэзыгъэпэщахэм фIыщIэ ин яхуэфащэщ, — жиIащ абы. — Нобэ хуэдэ пщэдджыжьыпэ къабзэм жей IэфIым хэт цIыхухэр щыпсэу къэралым фашистхэр хьэщхьэрыIуэу къытезэрыгуащ. Апхуэдэ зауэ щIэдзэкIэм зыхуигъэхьэзырыну хунэмыса къэралым щыпсэу цIыхухэр бэлыхьлажьэм хэхуат. Абыхэм ягъэвар зыхуэдизыр пхуэIуэтэнукъым. Зауэ гущIэгъуншэм хэкIуэдахэм пщIэ яхуэтщIынщ жызыIэу мыбы къекIуэлIа псоми Тхьэм фи гъащIэм къыфхупищэ!
АдэкIэ псалъэ иратащ КъБР-м и ДОСААФ-м и унафIэщI МацIыхъу Хъусен.
— ПщIэ зыхуэтщI, ныбжьэгъухэ! — захуигъэзащ абы пэкIум къекIуэлIахэм. — Сэ хуабжьу срогуфIэ илъэс зыбжанэ хъуауэ мыбдеж къыщызэхуэсым елъытауэ, мы гъэм къекIуэлIахэр куэдкIэ зэрынэхъыбэм. АбыкIэ фIыщIэ яIэщ республикэм щылажьэ щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэми. Ахэр жылагъуэм и нобэрей гъащIэм къыщаIэт Iуэхугъуэхэм жыджэру хэтщ.
МацIыхъум пэкIум къекIуэлIахэм ягу къигъэкIыжащ Хэку зауэшхуэр нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэхэм къызэрагъэхъеяуэ щыта щIыкIэр. А зэманым и пэ къихуэу, ер зи гум къихьэу, бий зыкъытхуэзыщIа нэмыцэхэм тIасхъэщIэх куэд къыткIэщIаутIыпщхьат. Ар щхьэусыгъуэ хуэхъуащ фашистхэм ди щэхухэр нэхъ пасэу зэрагъэщIэным, зауэм и пэ дыдэм хьэщхьэрыIуэу удын хьэлъэхэр ди дзэхэм кърадзыным. Апхуэдэ щIэдзэкIэм совет экономикэр гугъуехь тIуащIэм хидзащ.
— Нобэ мы дыздэщытым и деж сыхьэти 9-рэ дакъикъэ 20-м щедгъэжьэнущ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалэхэмрэ къуажэхэмрэ къызэхэзыкIухьыну автомобиль зекIуэр, — къыпищащ и псалъэм адэкIэ МацIыхъум. — Ахэр щыIэнущ Нарткъалэ, Май, Тэрч, Прохладнэ, Бахъсэн, Шэджэм къалэхэм. И пщэ далъхьа къалэныр зэфIигъэкIа нэужь, автомобиль зекIуэр 115-нэ шу дивизэм и фэеплъу Налшык къыдыхьэпIэм деж щытым къекIуэлIэжынущ.
КъБР-м цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин пэкIум къекIуэлIахэм захуигъэ-защ:
— Нобэ ди къэралым щыпсэу дэтхэнэ зыми зыщигъэгъупщэ хъунукъым совет зауэлIхэмрэ фронтым хуэлэжьахэмрэ зэрахьа хахуагъэр зыхуэдизыр, — жиIащ абы. — Ди адэжьхэм зэрахьа лIыгъэр щIэблэм я дежкIэ щапхъэ мыухыжщ. Абы къыхэкIкIэ, нобэ псэухэм апхуэдэ гуауэ дяпэкIэ къэмыгъэхъуныр ди къалэн нэхъыщхьэщ.
АдэкIэ псалъэ иратащ республикэм спортымрэ туризмэмкIэ и министр АфIэунэ Аслъэн:
— Совет къэралыгъуэм и тхыдэр зэрыщыту къапщтэмэ, нобэ дигу къэдгъэкIыж махуэр нэхъ гуауэ дыдэхэм ящыщщ, — жиIащ абы. — Мыбы къекIуэлIэну мурад зыщIахэм, хэти къехьэлъэкIауэ къыщIэкIынщ, хэти «нэху мыщу сыкъызэфIэувэну хэт сызезыхуэр» жиIагъэнщ. Ауэ ди адэжь-анэжьхэм апхуэдэ сыхьэт бжыгъэ дыдэм къатепсыхауэ щыта гуауэр уи нэгу къыщыщIэбгъэувэжкIэ, Iуэхум нэгъуэщIу уегупсысу щIыбодзэ. Жэрдэм къыхызолъхьэ, зауэм гугъуехьрэ хьэзабу къихьыр зыхуэдизыр цIыхухэм ящымыгъупщэн папщIэ, илъэс къэс нобэ хуэдэ махуэм и нэхущым, УФ-м ис цIыху псоми зэхахыу, фашистхэр къыщыттеуа сыхьэт бжыгъэ дыдэм ирихьэлIэу, тхьэгъуш къэгъэджэн хуейуэ.
Утыку къихьащ КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ Геккиев СулътIан:
— Фи пщэдджыжь фIыуэ! — захуигъэзащ абы къызэхуэсахэм. — Мамыру дызэрыпсэур зи фIыщIэр зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым. Ди къэралым и дэнэ щIыналъи хуэдэу, дэ шэху уэздыгъэхэр пыдгъэнэнущ. Сэ къызбгъэдэкIыу фIыщIэ лей яхуэсщIыну сыхуейт нобэрей Iуэхугъуэр къызэгъэпэщыным зи гуащIэ хэзылъхьа IэнатIэ псоми я унафэщIхэм.
Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм зы дакъикъэкIэ яхуэщыгъуа нэужь, пэкIум къекIуэлIахэм удз гъэгъахэр фэеплъым тралъхьащ. «Тщыгъупщакъым» псалъэр къикIыу зэхагъэува шэху уэздыгъэхэр щIалэгъуалэм пагъэнащ. Ар зэфIэкIа иужь, зауэм хэкIуэдахэм папщIэ зэхуэсым къекIуэлIахэм дыуэ ящIащ.
Тхыгъэри сурэтхэри КЪУМАХУЭ Аслъэн ейщ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29010.txt"
} |
Кучинэ Марие псоми ятокIуэ
Псори зэхэту очко 354,5-рэ къихьри, атлетикэ псынщIэмкIэ Европэм и чемпионатым щытекIуащ Урысейм и командэ къыхэхар. Апхуэдэ ехъулIэныгъэр зи фIыщIэхэм ящыщщ лъагагъым елъэнымкIэ дыщэ медалыр къэзыхьа, Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэ Кучинэ Марие.
КIэух зэпеуэм абы и ныкъуэкъуэгъу нэхъыщхьэу щытащ Италием щыщ Трост Алессиерэ Польшэм къикIа Степанюк Камилэрэ. Ахэр метр 1,75-м щегъэжьауэ метр 1,92-м нэсыху зэрытемыгъакIуэу елъащ. Ауэ метр 1,95-м щхьэпрылъыфар Кучинэм и закъуэщ. Зэхьэзэхуэм дыщэ медалыр къыщызыхьа ди хъыджэбзым метр 1,98-м ирикури, абыи пэлъэщащ икIи езым и рекордыр зэуэ сантиметри 3-кIэ иригъэфIэкIуащ.
Илъэс 20 зи ныбжь Кучинэ Марие къэралым и командэ къыхэхам и спортсменкэ нэхъыщIэ дыдэхэм ящыщщ. Ар спортымкIэ дунейпсо класс зиIэ мастерщ, ныбжьыщIэхэм я дунейпсо чемпионатым, апхуэдэу ныбжьыщIэхэм я япэ Олимп зэхьэзэхуэу Сингапур щекIуэкIам щытекIуащ. Прохладнэ къалэм дэт сабий-ныбжьыщIэ спорт школым зыщигъэсащ. Иджыпсту абы долажьэ гъэсакIуэ Iэзэ Габрилян Геннадий.
Гъэунэ Светланэ
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29015.txt"
} |
Нобэ
Наркоманием пэщIэтыным и дунейпсо махуэу 1987 гъэм дыгъэгъазэм и 7-м ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм къищта унафэмкIэ ягъэуващ.
Илъэс 60 и пэкIэ (1953) и къулыкъу псоми трагъэкIри, ягъэтIысащ СССР-м и Министрхэм я Советым и УнафэщIым и япэ къуэдзэ, къэралкIуэцI IуэхухэмкIэ и министр Берие Лаврентий. СССР-м и Суд Нэхъыщхьэм къищта унафэм ипкъ иткIэ, 1953 гъэм дыгъэгъазэм и 23-м яукIащ.
Мэкъуауэгъуэм и 26 — 28-хэм Женевэ (Швейцарие) щекIуэкIынущ Iэщэншэ зыщIыным егъэщIылIа IуэхухэмкIэ ЧэнджэщакIуэ советым и 60-нэ сессиер.
1920 гъэм Налшык и Затишье хьэблэм къыщызэIуахащ ди лъахэм щыяпэ санаторэ. ИужькIэ къэралым и Iэтащхьэ хъуа Сталин Йосиф яхэтащ абы япэу зыщызыгъэпсэхуахэм.
1938 гъэм КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и депутатхэр япэу хахащ.
1938 гъэм къалъхуащ КъШР-м и цIыхубэ тхакIуэ, режиссер Абдокъуэ Маталио.
1966 гъэм къалъхуащ шэрджэс журналист Туаршы Иринэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29021.txt"
} |
Гузэвэгъуэ хэхуа ди лъэпкъэгъухэм дадэвгъэIэпыкъу!
Сирие Хьэрып Республикэм щекIуэкI зауэм и зэран зэкIа ди лъэпкъэгъухэм защIэгъэкъуэн мурадкIэ, Урысей Сбербанкым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэ №8631-м счет хэха къыщызэIуахащ. Ди къуэш-шыпхъухэм ядэIэпыкъуну хуей дэтхэнэми мы счетым ахъшэ хилъхьэ хъунущ:
ИНН 0711040610 / КПП 072101001
Расчетный счет 40703810060330000227
БИК 040702660
Корсчет 30101810600000000660
Кабардино-Балкарское ОСБ №863I, г. Нальчик, ул. Пушкина/Кешокова, 33а/72
Адыгэ псори фыкъыхудоджэ: IуэхуфI влэжьыным фепIэщIэкI! Фи дэтхэнэ сомри иджыпсту дэхуэха ди лъэпкъэгъухэм сэбэп зэрахуэхъунум шэч къытевмыхьэ. Абыхэм дазэрыкъуэувэным, зэрызащIэдгъэкъуэным Iэмалу щыIэр къыхуэдвгъэгъэсэбэп! Ди нэхъыжьыфIхэм купщIэшхуэ халъхьащ «Узэкъуэтмэ - улъэщщ!» псалъэхэм.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29023.txt"
} |
ЯдэIэпыкъун хуей хъуакъым
Адыгей. Республикэм и Мейкъуапэ щIыналъэм хыхьэ жылагъуищым дэт псэупIэ унэ 53-м псыдзэр ящIэуащ.
ЦIыхухэр ягъэIэпхъуэн хуей хъуакъым. ХэкIуэда, лей зытехьа щыIакъым.
Псыдзэр зыщIэуа щIыпIэхэм къегъэлакIуэ гупхэр щолажьэ. ЩытыкIэр зезыгъакIуэ штабхэр УФ-м и МЧС-м и Ипщэ центрым АдыгеймкIэ и управленэм къыщызэIуахащ.
Тыркум и консулым IуощIэ
Республикэм и Iэтащхьэр хуэзащ Тыркум и консул нэхъыщхьэу Новороссийск щыIэ Пехливан Сунн Бесте.
ЛъэныкъуитIым къызэрыхагъэщащи, я иджырей зэIущIэр щызэрыцIыху зэхыхьэщ, ауэ абы къыдэкIуэу ахэр тепсэлъыхьащ къэкIуэнум щызэдэлэжьэну унэтыныгъэхэм.
Къыхэдгъэщынщи, Пехливан Сунн Бесте Тыркум и хэщIапIэ нэхъыщхьэу 2012 гъэм и жэпуэгъуэм лъандэрэ Новороссийск щыIэм щолажьэ. Абы и нэIэ тетщ я лъахэгъухэм ядэIэпыкъуным, экономикэ, щэнхабзэ, политикэ зэпыщIэныгъэхэр Ростов областым, Краснодар краймрэ Адыгеймрэ щызэтеухуэным. Иджы япэу Мейкъуапэ къэкIуауэ аращ.
ТхьэкIушынэ Аслъэнджэрий Тыркум и хьэрычэтыщIэхэмрэ адыгэ диаспорэмрэ куэд щIауэ зэныбжьэгъугъэ зэпыщIэныгъэхэр зэрыхуаIэм къытеувыIащ. Ди хэкуэгъухэм — мелуан бжыгъэ щопсэу — я хэщIапIэ нэхъ ин здэщыIэ къэралу Тыркур къызэралъытэри къыхигъэщащ.
ХьэщIэм жиIащ лъэныкъуитIым я сату зэпыщIэныгъэм зегъэужьыныр, щэнхабзэ, щIэныгъэ IэнатIэхэм щызэдэлэжьэныр Тыркум дежкIэ мыхьэнэ иIэу зэрыщытыр.
Махуэ 25-м къриубыдэу
Къэрэшей-Шэрджэс. Республикэм щхьэмыж гъавэр къехьэлIэжыным дызэрыт мазэм и кIэм щыщIадзэнущ. Уэшхыр зэран къахуэмыхъумэ, лэжьэгъуэ махуэ 25-м ар и кIэм нагъэсынущ.
КъШР-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм мы гъэм сэгъуэр зэрекIуэкIар щызэхалъхьэжащ, гъавэр IухыжынымкIэ къалэнхэр яубзыхуащ. МэкъумэшыщIэхэм я мурадщ гъавэ къехьэлIэжыным мыгувэу щIадзэну. Псори зэхэту бжьыхьэсэ, гъатхасэ гуэдзымрэ хьэмрэ гектар мин 40,5-м щызэщIакъуэжынущ. Абы елэжьынущ республикэм и зэрыIуахыж комбайни 133-рэ, гъунэгъу щIыналъэхэм яйуэ 40.
УЭРДОКЪУЭ Женя.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29025.txt"
} |
КъБР-мрэ Индиемрэ зы гъуэгу тохьэ
КъБКъУ-м иджыблагъэ щекIуэкIащ «Езанэ Урысей-Индие гъэмахуэ школ» зэгухьэныгъэм хэтхэм я зэIущIэ. Абы кърикIуа IуэхуфIхэм ящыщщ къэралхэм я студентхэр, аспирантхэр, IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэр геофизикэ щIэныгъэ унэтIыныгъэмкIэ зэрызэдэлэжьэнур.
ЗэIущIэр къызэзыгъэпэщахэм яхуэзащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Хьэсанэ Руслан, КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Семэн Пщыкъан, КъБР-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Мусуков Алий сымэ. Индием и лIыкIуэу зэIущIэм хэтащ хъыбарегъащIэ технологиехэмкIэ Индие институтым и проректор, Урысей-Индие гъэмахуэ школым и жэрдэмщIакIуэхэм ящыщ Ваиш Абишек, къызэгъэпэщакIуэ гупым хэт, IIIТ-А-м и профессор Вармэ Ширшу. ЗэIущIэм кърихьэлIащ ЩIым и физикэмкIэ РАН-м и институту Шмидт и цIэр зезыхьэм и унафэщIым дунейпсо проектхэмкIэ и дэIэпыкъуэгъу Павлюковэ Еленэ.
ЩIэныгъэм и унэтIыныгъэхэм ящыщу мыхьэнэшхуэ зиIэхэмкIэ КъБР-мрэ Индиемрэ зэрызэдэлажьэр гунэс щыхъуащ Хьэсанэ Руслан. Урысей-Индие гъэмахуэ школым хэтхэм ар ехъуэхъуащ лэжьыгъэ купщIафIэ зэфIахыну.
КъБКъУ-м и ректор Къарэмырзэ Барэсбий зэрыжиIамкIэ, гъэмахуэ школым и лэжьыгъэр къызэзыгъэпэщыр ди еджапIэ нэхъыщхьэмрэ Москва дэт физико-техникэ институтымрэ я IэщIагъэлIхэрщ, РАН-м геофизикэмкIэ и институт пэрытхэр я гъусэу. Хамэ къэралхэм щыщ студент куэд хэтщ школым и лэжьыгъэм. ИнджылызыбзэкIэ екIуэкI зэIущIэм щытопсэлъыхь гуащIэ лъагэ зиIэ къэбжыныгъэхэм. Абы хэтын папщIэ Индием къикIащ студенти 9-рэ профессори 7-рэ. Абыхэм мылъкукIэ щIэгъэкъуэн яхуэхъуащ Индием щIэныгъэмрэ технологиехэмкIэ и министерствэр.
Школым екIуалIэхэм папщIэ КъБКъУ-м къыщызэрагъэпэщ лекцэхэр, практикэ дерс зэмылIэужьыгъуэхэр. ЗэIущIэм къыщагъэсэбэп Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм щыIэ компьютер нэхъ лъэщ дыдэр.
КъищынэмыщIауэ, хьэщIэхэм зыщрагъэплъыхьащ Iуащхьэмахуэ лъапэ щыIэ геофизикэ объектхэм. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, Шэджэм псыкъелъэхэр, Iуащхьэмахуэ вулкан «жейр», Нарзан аузым щыIэ псы хущхъуэ къыщIэжыпIэхэр, нэгъуэщIхэри.
Езанэ Урысей-Индие гъэмахуэ школым ипкъ иткIэ, КъБКъУ-мрэ IIIТ-А-мрэ хъыбарегъащIэ технологиехэм зэрыщызэдэлэжьэнум теухуа Меморандум къащтащ. Апхуэдэу абыхэм зэгъусэу ирагъэкIуэкIынущ а унэтIыныгъэм епха къэхутэныгъэхэр, КъБКъУ-м къыщызэрагъэпэщынущ Урысей-Индие инновацэ, Дунейпсо егъэджэныгъэ центрхэр.
Профессор Ваиш жиIащ КъБКъУ-м щекIуэкIа лекцэхэмрэ практикэ дерсхэмрэ хуабжьу купщIафIэу, щIэныгъэ лъабжьэшхуэ яIэу зэрыщытыр. Абы бысымхэм фIыщIэ яхуищIащ республикэм и геофизикэ щIыуэпс хьэлэмэтым нэIуасэ зэрыхуащIам щхьэкIэ. Ваиш къызэрилъытэмкIэ, КъБР-мрэ Индиемрэ я лъэпкъ щэнхабзэхэм зэщхьу хэлъ Iуэхугъуэхэри сэбэп хъунущ щIыналъитIым яку дэлъ зэпыщIэныгъэхэр ефIэкIуэным.
Гъэмахуэ школым и къыкIэлъыкIуэ зэхуэсыр щекIуэкIынур Индиеращ. Абы хэтынущ КъБКъУ-м, Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм щыщ студент 15. Абыхэм я еджэнымрэ Индием зэрыщыIэнумрэ текIуэдэну мылъкур къыбгъэдэкIынущ IIIТ-А-м.
Къыхэгъэщыпхъэщ КъБР-м Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэр Техникэ, экономикэ зэдэлэжьэныгъэхэмкIэ дунейпсо программэм (IТЕС) 2003 гъэ лъандэрэ жыджэру зэрыхэтыр. Абы ипкъ иткIэ ди республикэм и къэрал, щIыпIэ къулыкъущIэу, экономикэм и IэщIагъэлI зэмылIэужьыгъуэу 40-м щIигъум я щIэныгъэм щыхагъэхъуащ Индием. КъБР-м Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм хамэ къэрал зэпыщIэныгъэхэмкIэ и къудамэм и лэжьакIуэ Щоджэн Заирэт зэрыжиIамкIэ, дунейпсо программэм зэрыхэт илъэси 10-м къриубыдэу егъэджэныгъэр нэхъыбэу зэрекIуэкIар ИТ-технологиехэмкIэщ, финансхэмкIэщ, иджылызыбзэмкIэщ. Апхуэдэ егъэджэныгъэр щокIуэкI Дели, Нью-Дели, Хайдарабад, Нойд, Мумбаи къалэхэм дэт институтхэм. ЩIэныгъэ школхэм я лэжьыгъэм хэт ди лъахэгъухэм къыхагъэщ а еджапIэм щылажьэ профессорхэр гуапэу къазэрыхущытыр, апхуэдэуи Урысей консульствэмрэ Индием и Правительствэмрэ къыхуащI гулъытэр.
Къэрэщей Элеонорэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29026.txt"
} |
Псалъэмакъ щхьэпэ
КъБР-м и Парламентым и унафэщIхэмрэ фракцэхэм я Iэтащхьэхэмрэ вэсэмахуэ яIущIащ республикэ газетхэм я редактор нэхъыщхьэхэм.
— Ди нобэрей зэхуэсым и къалэн нэхъыщхьэр дызыдэIэпыкъужурэ цIыхубэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэр нэхъыфI, нэхъ удэзыхьэх щIынырщ, — жиIащ зэIущIэр къызэIузыха икIи езыгъэкIуэкIа КъБР-м и Парламентым и Тхьэмадэ Чеченов Ануар. — Абы къыхэкIыу сыхуейт къехьэкI-нехьэкI хэмылъу псалъэмакъ щхьэпэ екIуэкIыну, адэкIэ дызэлэжьынухэр IупщI хъун папщIэ.
Япэу псалъэ иратащ республикэ газетхэм я редактор нэхъыщхьэхэм. Абыхэм зэпкърыхауэ и гугъу ящIащ зи унафэщI редакцэхэм я лэжьыгъэр зэрыубзыхуа щIыкIэм, къайхъулIэу къалъытэхэмрэ адэкIэ я мурадхэмрэ, зыIууэ лъэпощхьэпохэм. Iуэхур нэхъ къэзылъахъэхэм ящыщ зыуэ къыхагъэщащ махуэ къэс къыдэкI газетхэр щIэджыкIакIуэхэм и чэзум зэраIэрымыхьэр. Тхьэмахуэм, мазэм зэ фIэкIа ахэр щыхуамыхь, уеблэмэ IэмалыншагъэкIэ езыхэр кIуэуэ пощтым къыщыщIахыж куэдрэ къохъу. Абы и зэранкIэ газетхэм Iэ тезыдзэхэм я бжыгъэм илъэс къэс кIэроху икIи ди республикэм щекIуэкI Iуэхугъуэхэм ятеухуа хъыбархэр цIыхухэм и чэзум яIэрыхьэркъым.
Редактор нэхъыщхьэхэм жаIахэм гупсэхуу едэIуа нэужь, КъБР-м и Парламентым и унафэщIхэмрэ фракцэхэм я Iэтащхьэхэмрэ я Iуэху еплъыкIэхэри къаIуэтащ. Республикэ газетхэм я ехъулIэныгъэхэр къыхагъэщкIэрэ, ахэр къыпекIуэкIакъым зыхунэмысауэ къалъытэхэми. Апхуэдэхэм ящыщщ языныкъуэ тхыгъэхэм Iуэхур куууэ щызэпкърымыхауэ зэрыщытыр, щIэщыгъуагъ зэрахэмылъыр, цIыхухэр нэхъ зыгъэпIейтей унэтIыныгъэ куэдым (псом хуэмыдэу ЖКХ-м ехьэлIахэм) нэгъэсауэ гу зэрылъамытэр, щIэджыкIакIуэхэм зэпыщIэныгъэ быдэ зэрыхуамыIэжыр.
КъБР-м цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин зи унафэщI IэнатIэм зэрыщыту Iуэхур зэрыщыубзыхуам, нобэкIэ зэлэжьхэмрэ я мурадхэмрэ зыубгъуауэ тепсэлъыхьащ. Парламентархэм къаIэта упщIэхэми абы жэуап яритащ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и хабзэгъэув IэнатIэм и унафэщIхэмрэ фракцэхэм я Iэтащхьэхэмрэ нэмыщI, зэIущIэм жыджэру хэтащ икIи я Iуэху еплъыкIэхэр щыжаIащ Парламентым и Тхьэмадэм и деж щыIэ Жылагъуэ советым хэт Жыджэт Александррэ ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ комитетым и пашэ Хьэщхъуэжь Татьянэрэ.
Псалъэмакъ щхьэпэм кърихьэлIат Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм и лIыкIуэу Парламентымрэ суд IэнатIэхэмрэ щыIэ ДыщэкI Мадинэрэ Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къуэдзокъуэ Мухьэмэдрэ.
Жыласэ Заурбэч.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29029.txt"
} |
«Школ пщIантIэ нэхъыфI-2013»
Бахъсэн куейм щызэхалъхьэж илъэскIэ екIуэкIа «Школ пщIантIэ нэхъыфI-2013» зэпеуэм кърикIуахэр. Лэжьыгъэхэр къэзыпщытэхэм яхэтщ щIыпIэ администрацэм, егъэджакIуэхэм я профсоюз зэгухьэныгъэм я лIыкIуэхэр. Гупыр щыIащ Жэнхъуэтекъуэ, ХьэтIохъущыкъуей, Зеикъуэ, Ислъэмей къуажэхэм дэт еджапIэхэмрэ сабий гъэсапIэхэмрэ.
Школхэм, сабий садхэм я пщIантIэхэм я къабзагъэр, ахэр зыхуей-зыхуэфIыр, пщIантIэхэм дэт зыгъэпсэхупIэхэр, спорт ут цIыкIухэр, IуэхущIапIэм и теплъэр зыгъэдахэ нэгъуэщI Iуэхугъуэхэр — псори къаплъыхьащ гупым хэтхэм.
«Зэпеуэм хэтахэм абы зэрызыхуагъэхьэзырамрэ ар зэрекIуэкIамрэ гукъинэ тщыхъуащ. Къэпщытэныгъэхэр иджыри щедгъэкIуэкIар IуэхущIапIэ зыбжанэрами, жыпIэ хъунущ дызэплъа школ, сабий сад пщIантIэхэр республикэпсо утыкум щыбгъэлъагъуэми, узэрытемыукIытыхьынур», — жеIэ кIэлъыплъакIуэ гупым и унафэщI, щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Къаздэхъу Олег.
Пэжу, гъэ еджэгъуэ блэкIам къриубыдэу IуэхущIапIэхэм куэд яхузэфIэкIащ. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, школ, сабий сад пщIантIэхэм щхъуантIагъэ нэхъыбэ зэрыщыхасар, абыхэм псыкъелъэхэр, псыутххэр зэрыдащIыхьар, школ хадэхэр къызэрагъэщIэрэщIэжар, удз гъэгъахэм хухаха щIы Iыхьэхэр дахэу зэраубзыхуар.
Куейм и еджапIэхэм, сабий садхэм я унафэщIхэм фIыщIэ хуащIащ «Школ пщIантIэ нэхъыфI-2013» зэпеуэм ехьэлIа Iуэхухэр къадэзыгъэпсынщIа адэ-анэхэм, цIыху щхьэхуэхэм.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, зэпеуэр нэгъабэ къыхалъхьауэ щытащ Бахъсэн щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ Сыжажэ Хьэсэн и жэрдэмкIэ. Зэхьэзэхуэм къыхэжаныкIхэр ирагъэпэжэну сом мин 600-м щIигъу хухахащ.
АЛОКЪУЭ Аринэ.
Бахъсэн куей
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29033.txt"
} |
ХэмыкIэсэн папщIэ
«Узыншагъэ» лъэпкъ проектым хэту, мы гъэм ирагъэжьауэ балигъыпIэ имыува сабийхэм я узыншагъэр къапщытэ. Дохутырхэм иджыри къапэщылъщ республикэм щыпсэу сабий мини 175-м я узыншагъэм кIэлъыплъыну.
НэхъапэкIэ ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэм къызэригъэлъэгъуамкIэ, сабийхэм нэхъыбэу япкърытыр лъатэ, кIэтIий, псантхуэ, къупщхьэ узыфэхэрщ.
КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымрэ курортхэмкIэ и министерствэм сабийхэм медицинэ дэIэпыкъуныгъэкIэ къызэгъэпэщынымкIэ и къудамэм и унафэщI Щоджэн Юлие къызэрыхигъэщамкIэ, мы псори зытращIыхьыр ныбжьыщIэхэм я узыншагъэр хъумэнырщ, ар егъэфIэкIуэнырщ. цIыкIухэм я узыншагъэр къапщыта нэужьи, лажьэшхуэ зимыIэхэри яхэту, абыхэм иджыри зэ къыщеплъыжынущ узыншагъэмкIэ республикэ сабий центрым.
— Сабийм и узыншагъэр зыхуэдэнур процент 75-кIэ елъытащ абы и гъащIэр зэрыригъэкIуэкIым, — жеIэ Щоджэным. — Языныкъуэхэм деж адэ-анэхэм гу лъатэркъым ныбжьыщIэр тэмэму зэрымышхэм, телевизор, компьютер бгъэдэсу куэдрэ зэрыщысым. Сабийхэр дохутырым и деж щашэр узым закъригъащIэ хъуа иужьщ. УзыншагъэмкIэ центрым узыфэхэр къызыхэкIынкIэ хъунухэр къыщыжраIэнущ, апхуэдэуи адэ-анэхэм узыфэ зэхуэмыдэхэр и чэзум къызэрахутэнум ехьэлIа чэнджэщхэр къыщратынущ.
Щомахуэ Лилэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29038.txt"
} |
Ещанэ увыпIэри Iейкъым
БэнэкIэ хуитымкIэ, цIыхубз бэнэкIэмкIэ, алыдж-урым бэнэкIэмкIэ Европэм пашэныгъэ къыщыхьынымкIэ кIэдетхэм я зэхьэзэхуэ Баре къалэм (Черногорие) щекIуэкIащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменитIым абы жэз медаль къыщахьащ.
БэнэкIэ хуитымкIэ килограмми 100-м нэблагъэхэм я зэпеуэм хэта Ныбэжь Нурмухьэмэд ещанэ увыпIэр зыIэригъэхьащ. Ащнокъуэ Мухьэмэд и гъэсэн щIалэр спортым дехьэх илъэси 8 ныбжьым щыщIэдзауэ. 2011 гъэм Ныбэжьыр Урысейм пашэныгъэ къыщыхьынымкIэ зэхьэзэхуэм щытекIуауэ щытащ, 2013 гъэм ар Урысейм и командэ къыхэхам хагъэхьащ. Иджыпсту бэнакIуэм зыхуегъэхьэзыр Iуащхьэмахуэ лъапэ щыIэ «Озон» узыншагъэм кIэлъыплъы- нымкIэ комплексым мыгувэу къыщызэрагъэпэщыну еджэныгъэ-зыгъэсэныгъэ зэхуэсхэм.
ЕтIуанэ жэз медалыр Урысейм и командэм къахуихьащ килограмм 76-м нэблагъэхэм я деж щыбэна Адыгэунэ Маирбэч. Къардэн Анзор и гъэсэн щIа- лэр илъэс етIуанэ хъуауэ алыдж-урым бэнэкIэмкIэ УФ-м и командэ къыхэхам хэтщ. Мы гъэм Урысейм пашэныгъэ къыщыхьынымкIэ екIуэкIа зэхьэзэхуэм абы дыщэ медаль къыщихьащ.
Гъэунэ Светланэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29040.txt"
} |
Дыщэ медалитху
Урысейм спортымкIэ и мастер, категорие нэхъыщхьэ зиIэ тренер-егъэджакIуэ Тэмазэ Анзор дызэрыщигъэгъуэзамкIэ, Прохладнэ муниципальнэ щIыналъэм щыIэ «Колос» сабий-ныбжьыщIэ спорт школым и гъэсэнхэу КIуэкIуэ Артур, КIашэ Нурмухьэмэд, Тэмазэ Арсен, СантIыкъхэ Аликрэ Ислъамрэ боксымкIэ екIуэкIа Ипщэ федеральнэ округым и зэхьэзэхуэм дыщэ медалитху къыщахьащ. Дыжьын медалхэр къаIэрыхьащ Къалмыкъ Амиррэ Къардэн Тимуррэ. Спортсмен 250-м щIигъу зыхэта зэхьэзэхуэр Псыхуабэ и «Боец» спорт клубым щекIуэкIащ.
Глашковэ Еленэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29042.txt"
} |
Альберт и текIуэныгъэ
Мэкъуауэгъуэм и 20-м «Россия 2» телеканалым и эфир занщIэмкIэ къита Iэпщэрыбанэ зэхэтымкIэ зэхьэзэхуэм ди республикэм щыпсэухэр дихьэхыу кIэлъыплъащ. Абы хэтащ Бабугент къуажэм щыщ Туменов Альберт. «Москва щекIуэкIа бэнэкIэхэр» зэхьэзэхуэм абы зэфIэкI телъыджэ къыщигъэлъэгъуащ.
Альберт хуабжьагърэ къару лъэщрэ къызэкъуихри, япэ Iыхьэр нокауткIэ иригъэухащ. Хьэрхуэрэгъу къыхуэхъуа Беларусым щыщ Мироненкэ Роман абы зыри къыпигъэувыфакъым.
Туменов Альберт зыхэта «Москва щекIуэкIа бэнэкIэхэр» епщыкIузанэ зэхьэзэхуэшхуэщ. Абы къыщихьар ди щIалэм и епщIанэ текIуэныгъэщ.
Шэрэдж муниципальнэ куейм и
пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29046.txt"
} |
Дуней нэпцIым зыщIишахэр
Интернетым и социальнэ сетхэр 1995 гъэм къэунэхуащ. Абы и мыхьэнэ нэхъыщхьэр — дэтхэнэми ущыхуей дакъикъэм зыпыпщIэфынращ. Социальнэ сетым апхуэдэу къыщыбгъуэтыфынущ, цIыху щхьэхуэм и закъуэ мыхъуу, IуэхущIапIэхэр, гуп зэмылIэужьыгъуэхэр. НобэкIэ сеть зэмылIэужьыгъуэ бжыгъэншэхэр щыIэщ. Апхуэдэщ псалъэм папщIэ, ди щIалэгъуалэм нэхъ яцIыху «ВКонтакте», «Facebook», «Одноклассники», «МойМир» жыхуиIэхэр. КъызыхуагъэщIамрэ халъхьа гупсысэмрэ зымэ, нобэкIэ социальнэ сетым и мыхьэнэр цIыхум и щытыкIэмрэ и гупсысэкIэмрэ зэрылъэIэсыр нэгъуэщIущ.
Мыпхуэдэ гушыIэ щыIэщ къэтIэта Iуэхум теухуауэ: «Интернетым фыщихьэкIэ зыщывмыгъэгъупщэ, вгъэвэну тевгъэува лым псыр щIэвэщIа нэужькIэ, жьэн щIедзэ!» ЖыIэкIэ хъуащ. Пэж дыдэу, апхуэдизкIэ удехьэх интернетми, абы къищынэмыщIа, къыпфIэIуэху зыри щыIэжкъым. Абы жэщ-махуэ иIэкъым, уи жей, ныбэ бгъэныкъуэнущ, ныбжьэгъу-жэрэгъу пщIэжыххэркъым, уи Iуэху IэщIыб уигъэщIынущ. Дакъикъитху къудей сисынщи, псынщIэу сыкъыхэкIыжынщ жыпIэми, гу лъумытэурэ нэху мэщ. Ярэби, сыту пIэрэ ар зищIысыр?! Сыт цIыху цIыкIур апхуэдизу зыщIэзышэр, зыIэпызышэр, интернетым ихьамэ, зыщыпсэу дунейр щыгъупщэжу, къигупсыса къатым щIинэр?
КъызэрыгуэкI цIыхухэм захуэдгъэзащ я гъащIэм интернетыр къызэрыхыхьамрэ абы кърикIуамрэ дылъыхъуэу.
Махуэ Каринэ: «Пэжыр жысIэнщи, япэм сэри сису щытащ интернетым. Жэщ ныкъуэм ауэ сытми сыкъызэщыуамэ, езыр-езыру си Iэр телефонымкIэ Iэбэрт. Сайтым зэ симыплъауэ, си ныбжьэгъу хэсмэ сыхуэмытхауэ, си сурэтхэм зыгуэр къыкIэщIатхамэ, жэуап сымытхыжауэ згъэтIылъыжтэкъым. Иджыпсту апхуэдэжкъым. СщIэркъым, а ныбжьым сыкъикIауэ арагъэнщ, е сужэгъуа?! КъысфIэIуэхужкъым. Ауэ зи телефон умыщIэ, Iуэху гуэркIэ ухуейуэ къыпхуэмыгъуэт цIыхум интернетым ущылъыхъуэну нэхъ тыншщ. Аращ социальнэ сетыр зэрыфIыр. Ар къыбгурыIуэмэ, уи Iуэхур нэхъ тынш мэхъу. ИджыпстукIэ а Iуэхум дыкъыхэкIауэ, зэран къытхуэмыхъуу схужыIэнукъым. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, си шыпхъу нэхъыщIэр хэтщ а дуней нэпцIым. Абы щопсэу, уеблэмэ, Iуэху щищIэкIэ, щыпхъанкIэкIэ Iэ лъэныкъуэкIэ жыхапхъэр IэщIэлъу, адреймкIэ телефоным «цIыкъ-цIыкъ» жригъыIэу тхэуэ апхуэдэщ. Сепсэлъащ абы теухуауэ, ауэ зыри къыгурыIуэркъым. Езым къыгурыIуэжыным ежьэн хуейуэ къыщIэкIынущ. Ауэ, и гъащIэм ар зэран къызэрыхуэхъур нэрылъагъущ».
Хъуэжэ Жан: «Уи фIэщ зэрыхъун, интернеткIэ сэ си Iуэхуу дэсхымрэ сэбэп къызэрысхуэхъумрэ псалъэкIэ къыпхуэмыIуэтэн! Сэ абы адыгэ IуэхукIэщ сызэрыщыгугъри, абы и лъэныкъуэкIэ лъэкIэ схузэфIэкIынум нэхърэ зыкъомкIэ нэхъыбэ солэжьыф. ДэнэкIэ щыIэ адыгэр зэригъащIэу, зэригъэгъуэтыжу, сыт хуэдэ Iуэху кърахьэжьами, зэлъэIэсу апхуэдэщ. Си щхьэкIэ, зыри Iей лъэпкъ схужыIэнукъым».
Къуэдзокъуэхэ Муратрэ Iэминэрэ: «Дэ «Одноклассникым» дыщызэрыцIыхуауэ щытащ. ИужькIэ дытепсэлъыхьыжат абыи, тIури, зыр зым и сурэтыр зэрилъагъуу, хьэщыкъ дызэхуэхъуат. ЗэманкIэ дызэхуэтхащ, иужькIэ дызэхуэзэри къыдгурыIуащ — дызэрыгъуэтыжат. Дыщыуатэкъым. Илъэситху мэхъу дызэрызэбгъэдэсри, зэи дыхущIегъуэжакъым. Ныбжьэгъухэм уахуэзэну, уадэуэршэрыну зэман уимыIэмэ, интернетыр фIыщ абыкIэ. Хамэ къэрал щыIэ уи благъэ, ныбжьэгъухэм ущыхуей дакъикъэм запыбощIэ, ущIоупщIэ. Интернетым дихьэхыIуэ, къыхэмыкIыжыф щыIэщ. Ар узу къыщIэкIынщ».
Маржэхъу Дианэ: «Социальнэ сетхэм исхэр къызгурыIуэркъым, сэри сихьэркъым. Шхэуэ щысыр, псалъэм папщIэ, ишхым еплъыжкъым, телефоным иплъэ мыхъумэ. Апхуэдизу дауэ абы зэрызыдебгъэхьэхынур?! ЦIыхур и щхьэ хуимытыжу! ГущыкIыгъуэщ…».
Рэмэзан фIэтщынщ щIалэм (и цIэр къидмыIуэмэ нэхъ къищтащ):
— Сэ апхуэдизкIэ сыдихьэхат, сыхэпщIат интернетми, си щхьэгъусэм хуэмышэчыжу збгъэдэкIыжащ… Абы жысIэну сызыхуей псори къокI. Шынагъуэщ! Наркотикым нэхърэ нэхъ Iейщ. Насып уиIэмэ, зыдебгъэхьэхынкъым.
Гу зэрылъыттащи, цIыху къэс езым и Iуэху еплъыкIэ иIэжщ, дэтхэнэми пэж гуэр хэлъщ. Дауэ зэрызебгъэсэфынур гъащIэмрэ нэпцIымрэ я зэпылъыпIэр зэхэбгъэкIыфу, дауэ укъыIэщIэкIа хъуну а узыщIэ бзаджэм? Абы и жэуапым психологхэм деж дыщылъыхъуэмэ нэхъ тэмэмщ.
Александровэ Марие, психологие щIэныгъэхэм я кандидат:
— Интернетым къыщекIуэкI псалъэмакъхэмрэ гъащIэм ущызрихьэлIауэ ущызэпсалъэмрэ зыхуэбгъадэ хъунукъым. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, гъащIэм зэи зыхуумыгъэфэщэн цIыхум зэрумыщIа лъэныкъуэкIэ зыкъызэкъуихыу, хузыпэмыплъа къыбжиIэфынущ, и гум щызэтрихьар кърикIутыфынущ, щыхуейм деж укъигъанэу сетым икIыжыфынущ. Абы къыщекIуэкIымрэ къыщупсэлъымкIэ жэуап пхьыжкъыми, абы нэхъ утрегъэгушхуэ. Узыхуей цIэ-унэцIэр зыфIэпщ мэхъу, уи сурэтхэм и пIэкIэ нэхъ дэхэIуэ гуэр ибогъэувэри, щIэупщIэ уиIэмэ, уи щхьэр лъагэу уегъэлъагъуж, уэ хуэдэ щымыIэу къыпщегъэхъуж. Ауэ, уи щхьэ къэбгъэпцIэжкIэ сыт? ПцIым хэпсэукIыну хуейхэмкIэ, зэрыщымыту зыкъэзыгъэлъэгъуэну хущIэкъухэмкIэ интернетыр «жэнэтщ».
Апхуэдэ щытыкIэр, къыхэгъэщыпхъэщ, зыхуэлъэр цIыху щхьэзакъуэхэрщ, насыпкIи теплъэкIи къимыкIауэ къэзылъытэхэращ. Абыхэм я дежкIэ интернетым зы сыхьэт исын жыхуэпIэр, жьы къабзэ къаIурыуам хуэдэщ. Гукъыдэж яIэмэ, я ныбжьэгъухэм догуашэ, къэгубжьамэ, фIэгъэнапIэ къалъыхъуэурэ, мыцIыху гуэрым я бампIэр тракъутэ. Зыгуэр къыщытхъуамэ, мэгуфIэ, я гукъыдэжым зеIэт. Апхуэдэ дыдэу езыми IэщIэкIа псори къылъысыжынкIэ хъунущ.
— Я цIэ-унэцIэ дыдэмкIэ интернетым ис щыIэщ. Ахэри, зэрыжыпIэм хуэдэу, зыкIэлъымыплъыжу, хъийм икIарэ, гъащIэм зэрыщымыт защIу къэхъурэ?
— Пэжщ, апхуэдэхэри щыIэщ. Ауэ, плъагъурэ, зи цIэ-унэцIэр къизыIуэм жиIэхэмрэ ищIэхэмкIэ жэуап ехьыж. Апхуэдэхэр щыщIыкIэншэ къэхъуркъым, къэхъумэ, гъащIэми щыапхуэдэуращ. Iуэху, гупсысэ щхьэпэ къыхилъхьэну, зыгуэрым хуэунэтIа гуп зэхуишэсыну, сэбэп хъуну зи мурадхэри гъунэжщ. КIэщIу жыпIэмэ, щхьэж и Iуэхужщ социальнэ сетым щищIэнур. Ауэ языныкъуэ сайтхэм къыщапсэлъымрэ къыщагъэхъей Iуэхухэмрэ кIэлъыплъ мардэплъыр яIэщи, лей къратхэфыркъым, жамыIэпхъэ щыжаIэфыркъым.
Интернетым, зэрыгурыIуэгъуэщи, бжьыпэр щызыIыгъыр гъащIэми щыпэрытхэращ. Абыхэм я гупсысэкIэмрэ мурадхэмрэ цIыхубэм лъагъэIэсынымкIэ сайтыр сэбэпышхуэщ. НэгъуэщIым и жыIэр япэ изыгъэщ, езым и Iуэху еплъыкIэ зимыIэ цIыхухэр апхуэдэхэм дэплъейуэ, тхьэпэлъытэу ябжу, пэрытхэм жаIэм щIэтуи гу щылъыптэнущ. Абы къикIращи, нобэкIэ цIыхубэм я зэхэтыкIэмрэ гупсысэмрэ зытезыхуну мурад бзаджэ зиIэхэмкIэ Iэщэ лъэщщ.
— Псалъэм папщIэ, сэ интернетым «сызэрырисымаджэр» дауэ къызэрысщIэнур?
— Зы махуэм нэхърэ, адрейм интернетым узэрис зэманыр хэхъуэмэ, уи ныбжьэгъухэмрэ Iыхьлыхэмрэ уахуэмызэжмэ, сайтым сисынкъым жыпIэрэ тебухуауэ, абы урибэмпIэжмэ, интернетым узэрыдихьэхар уи фIэщ пщIыну ухуэмеймэ, зэрытебухуа зэманым нэхърэ нэхъыбэ ухэсамэ, жэщым ущысарэ жейкIэ уримыкъуамэ, удэзыхьэхыу щыта Iуэхухэр хыфIэбдзамэ, гъащIэм нэхърэ интернетым ущыпсэлъэну нэхъ пфIэтыншмэ, быдэу уи фIэщ щIы, «усымаджэщ»!
— СыткIэ сэбэп ухуэхъуфыну интернетым «инахэм»?
— Интернетым псори «инэркъым». Iуэху, тхыгъэ, сурэт гуэр лъыхъуэу ихьэхэмрэ зэпымычу исхэмрэ зыхуэбгъадэ хъунукъым. Арами, зэрытщIэщи, языныкъуэхэми узу къахуонэ. Псом нэхъ шынагъуэр, сабий цIыкIу зиIэ адэ-анэхэм я къалэнхэр ящыгъупщэжу, быным кIэлъымыплъу интернетым щинэхэращ. Апхуэдэхэм зыри къафIэIуэхужыркъым, сайтым фIэкIа. ЗыгуэркIэ къытепчыну, упэрыуэну яужь уихьэмэ, къогубжь, мэгъумэтIымэ, мэкIий. Интернетым кърих гупсысэмрэ Iуэху еплъыкIэмрэ къыхэкIыу, зызыукIыжа куэди щыIэщ.
Дызытепсэлъыхь узым упэлъэщыну гугъущ, ауэ утекIуэфынущ. Псом япэ, а узыр къызэрофыкIыр зыгурыбгъэIуэжын хуейщ. Ар быдэу пщIэмэ, абы кърикIуэм гу лъыптэжмэ, упэщIэтыну нэхъ тынш хъунущ. Псалъэм папщIэ, интернетым ущисыну махуэхэр, сыхьэт бжыгъэр, узэрисыну зэманыр бубзыхурэ, абы утетмэ, утетыфмэ, ар япэ лъэбакъуэщ. ЕтIуанэрауэ, гъащIэмкIэ укъеплъэкIыжу, цIыхухэм, ныбжьэгъухэм, IыхьлыхэмкIэ «къэгъэзэжын» хуейщ. Ещанэрауэ, уи лэжьыгъэ нэхъыщхьэм къищынэмыщIа, нэгъуэщI зыгуэрми зыдебгъэхьэхыпхъэщ. Псалъэм папщIэ, къафэм, творчествэм, гъуазджэм. Абы уи псэм зэрызыдигъэпсэхум и мызакъуэу, уи гупсысэми зрегъэхъуэж. ЦIыхухэр къыпхуэныкъуэу щызихэпщIэкIэ, дуней нэпцIыр зыуи пщIыжынукъым.
— ГурыIуэгъуэщ. Иджыри зы упщIэ. ЦIыхухъухэмрэ цIыхубзхэмрэ зэхуэдэу иубыдрэ интернетым?
— УпщIэ щхьэпэщ. ЦIыхубзхэр романтикэм зэрыхуэлъэм къыхэкIыу, я теплъэри я цIэри гъэпщкIуауэ, я хъуэпсапIэхэм тепсэлъыхьыну нэхъ къащтэ. Ахэр ныбжьэгъу, дамэгъу нэхъ хуэныкъуэщ, жиIэм едэIуэнрэ арэзы къыдэхъунрэ хуейщ. Нэхъыби хуэныкъуэкъым. ЦIыхухъур аракъым. Абы и къарур, адрейхэм зэрефIэкIыр, псом нэхърэ зэрынэхъыфIыр игъэлъагъуэмэ, цIыхубзхэр ихьэхурэ, абыкIэ и гур игъэфIэжмэ, лIы нэсу зебжыж, зыхуэарэзыжщ.
Ди псалъэмакъым и кIэухыу къыхэзгъэщыну сыхуейт. Дызытепсэлъыхьа Iуэхум теухуауэ гу зылъыфтэжамэ, е фи благъэ гуэрым, Iыхьлым ефыкIмэ, дохутырхэм, психологхэм деж фыкIуэну фымыукIытэ. Ар уз шынагъуэщ, цIыхум и акъылымрэ гупсысэкIэмрэ зытезыхущ. И чэзум къэпхутэрэ, уебэнын щIумыдзэмэ, кърикIуэнур бгъэхъужыну куэдкIэ нэхъ гугъу хъунущ.
Фырэ Анфисэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29049.txt"
} |
Сыт и лъэныкъуэкIи щапхъэ
КъБКъУ-м щIэныгъэхэм щыхагъахъуэ и факультетым и декан, ЦIыхур псэукIэ узыншэм къыхуезыджэ «Стимул» щIыналъэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм и советым и унафэщI КъуэщIысокъуэ Александр БетIал и къуэр къыщалъхуа илъэсри махуэри гузэвэгъуэшхуэ ди къэралым къыщылъыса зэманырщ – 1941 гъэм мэкъуауэгъуэм и 22-рщ.
Физиологием и зэфIэкIыр, геронтологием къихутар, психологием къигъэлъагъуэр и лъабжьэу, щIэныгъэр, медицинэр, биологиер, физкультурэмрэ спортымрэ и тегъэщIапIэу узыншагъэр зэребгъэфIэкIуэн Iэмалхэм нэсу хэзыщIыкI щIэныгъэлIщ КъуэщIысокъуэр, езым ищIэм щIэри жьыри хуегъасэ.
Александр теухуа псалъэ гуапэ, фIыщIэ, щытхъу куэд пхужыIэнущ. Ар цIыхубэм фIыуэ яцIыху, и бзэ IэфIымкIэ дэтхэнэри къыдихьэхыфу апхуэдэщ, гъащIэ дахэ икIи узыншэ епхьэкIынымкIэ езыр и дуней тетыкIэкIэ щапхъэщ.
Сыхуейт мы мазэм зи махуэ лъапIэр хиубыда си ныбжьэгъуфIым хъуэхъукIэ зыхуэзгъэзэну:
Илъэс блыщIыр тIу щIыгъужу
ЕкIурэ ещхьу къэбгъэщIащ,
Уузыншэу илъэс пщIейри, бгъущIри, щэри,
КъэбгъэщIэну сынохъуэхъу.
Укъалъагъур цIыхум фIыуэ,
ЦIыхугъэшхуэ уэ ббгъэдэлъщ,
Уи Iэдакъэм кIэ имыIэу
Псапэ куэди щIыбогъэкI.
Уэ цIыхубэр узыншагъэм
Къыхуебджащи, я фIэщ уохъу,
Тутынафи, аркъафи, нэгъуэщI узхэм иубыдауи
Бгъэхъужахэр уэ куэд мэхъу.
Хущхъуэ лъэпкъи къыхэмыхьэу,
Узу щыIэм уаполъэщ,
ЦIыхухэм щапхъэ уахуохъуфри,
Шэч хэмылъуи я фIэщ уохъу.
Сэ уэр папщIэ си гум илъыр,
ЖысIэ пэтми схуэмыух,
ФIыщIи щытхъуи зыхуэфащэм
Уэ уахуэдэщ, си къуэшышхуэ.
Хъунщ, мызэкIэ сыкъэувыIэм
НэхъыфI хуэдэу сэ къысщохъу,
СхужымыIэу къэна псори
Алыхь талэм къыпхупищэ!
Щомахуэ Мухьэмэд.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29051.txt"
} |
«ШэIумылым и махуэ»
Мэкъуауэгъуэм и 29-м Налшык къалэ щекIуэкIынущ «ШэIумылым и махуэ» псапащIэ Iуэху. Унагъуэ хуэмыщIахэм я сабии I30-м папщIэ «Гугъэм и унэ» щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэм хэтхэм концерт ягъэхьэзыращ, Къалэн куэд зыгъэзащIэ ныбжьыщIэ центрым «Сабын тхъурымбэ» теплъэгъуэ дахэ игъэлъэгъуэнущ.
Сабийхэр псыIэфI ирагъэфэнущ, апхуэдэуи абыхэм мороженэ ирагъэшхынущ, зэIущIэм и кIэм шар гъэпща зэмыфэгъухэр тыгъэ хуащIынущ.
КъБР-м Лэжьыгъэмрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм къызэригъэпэща Iуэхур ХьэтIохъущокъуэм и хадэм сыхьэт 11-м щаублэнущ.
Токъмакъ Мадинэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29054.txt"
} |
Гуапэ ирехъу!
Дзэлыкъуэ щIыналъэм щыщу сабий 64-рэ мы махуэхэм ягъэкIуащ «Гуэл щхъуантIэ», «Къурш псынэ», «Iуащхьэмахуэ» зыгъэпсэхупIэ щIыпIэхэм къыщызэIуаха гъэмахуэ лагерхэм. А гупым хиубыдащ сабий зеиншэхэр, адэ-анэхэм здамыпIыжхэр, хуэмыщIауэ псэу унагъуэхэмрэ бынунагъуэшхуэхэмрэ къахэкIахэр.
ЦIыкIухэр лагерым зэрыщыIэну пIалъэм я узыншагъэр ирагъэфIэкIуэнущ, я нэгу зрагъэужьынущ. Ахэр дунеяплъэ яшэнущ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыпIэ нэхъ дахэхэм. Апхуэдэу абыхэм драгъэкIуэкIынущ джэгу зэпеуэхэр, я акъылым зезыгъэужь гъэлъэгъуэныгъэхэр, спорт зэхьэзэхуэхэр.
Бжьыхьэ хъухукIэ ди санаторэхэм щылэжьэну лагерхэр сабийхэм зыхуей хуэзэу зегъэгъэпсэхуным сыт и лъэныкъуэкIи тещIыхьауэ къызэрагъэпэщащ. Шэч хэлъкъым абыхэм ящыщ дэтхэнэми я узыншагъэр ефIэкIуарэ я нэгуи зиужьауэ унэм зэрагъэзэжынум.
Шэрэдж Дисэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29056.txt"
} |
КъБР-м и ТВ-мрэ радиомрэ
1 КъБР «Мир» канал
Блыщхьэ, бадзэуэгъуэм и 1
7.00 Мультфильм (6+)
7.15 «Пшынэ Iэпэр псалъэу». Пшынауэ Гуэнгъэпщ Артур и концерт. ПэщIэдзэр (адыгэбзэкIэ) (12+)
7.40 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр»
8.15 «Гупсысэр — псалъэкIэ» (16+)
8.50 «Iущыгъэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (6+)
9.10 « 49-нэ каналым и пощт» (12+)
18.00 Мультфильм
18.20 «Си Хэку — си уэрэд». Эстрадэ уэрэд зыгъэзащIэхэм я зэпеуэм щытекIуахэм я концерт. ПэщIэдзэр (12+)
19.30 «Макъ жьгърухэр». Жылау Арсен и уэрэдхэр (адыгэбзэкIэ) (12+)
19.50 ««Нобэрей еджапIэ нэхъыщхьэхэр». КъБКъУ-м и ректор Къарэмырзэ Барэсбийрэ Абхъаз къэрал университетым и ректор Гварамие Алекэрэ зыхэт нэтын (16+)
21.00 «ЗэIущIэхэр». Кадетхэм я школ-интернатым и унафэщI Биттиров Борис дыIуощIэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
21.40 ХъыбарыщIэхэр
Гъубж, бадзэуэгъуэм и 2
7.00 Мультфильм
7.15 «Пшынэ Iэпэр псалъэу». Пшынауэ Гуэнгъэпщ Артур и концерт. КIэухыр (адыгэбзэкIэ) (12+)
7.40 ХъыбарыщIэхэр
8.00 «Нанэ и псэ». Адэ-анэхэм папщIэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (16+)
8.35 «ЦIыхубэ IэпщIэлъэпщIагъэхэр». Декоративно-прикладной гъуазджэхэмкIэ КъБР-м и IэпщIэлъапщIэхэм я гъэлъэгъуэныгъэ (12+)
9.05 «Ойнай-ойнай…» ГушыIэ программэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
9.20 «Жьэгу». Жамурзаев Расул (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
18.00 Мультфильм
18.15 «Си Хэку — си уэрэд». Эстрадэ уэрэд зыгъэзащIэхэм я зэпеуэм щытекIуахэм я концерт. КIэухыр (12+)
19.30 «Хабзэжь хэкужь къранэркъым» (адыгэбзэкIэ) (12+)
20.00 «БлэкIамрэ къэкIуэнумрэ» (адыгэбзэкIэ) (12+)
20.30 ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ институтым и ректор, искусствоведенэм и доктор Рахаев Анатолэ (16+)
21.05 «Гъунапкъэхэр». Тележурнал (балъкъэрыбзэкIэ) (16+)
21.40 ХъыбарыщIэхэр
Бэрэжьей, бадзэуэгъуэм и 3
7.00 Мультфильм
7.20 «УгушыIэнумэ, къеблагъэ». ГушыIэ программэ (адыгэбзэкIэ) (12+)
7.40 ХъыбарыщIэхэр
8.00 «Ди псэлъэгъухэр». Поликлиникэ №3-м и терапевт къудамэм и унафэщI Гъубжокъуэ Елизаветэ (адыгэбзэкIэ) (12+)
8.30 «Ретроспектива». «У Эльбруса и Казбека». Телевизионнэ фильм (12+)
8.45 «Гъуэплъыфэ уафэ». Сабийхэм папщIэ спорт тележурнал (6+)
9.05 «ЛIэщIыгъуэхэм къапхыкIыу». Этнограф Таумурзаев Далхат. Япэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
9.25 «Гъунапкъэхэр». Тележурнал (балъкъэрыбзэкIэ) (16+)
18.00 «Чемпионхэр». СССР-м бэнэнымкIэ спортым и мастер Алшагъыр Валерэ (12+)
18.30 «Фэеплъ». Хэку зауэшхуэм хэта Юсупов Абдул-Самат (16+)
19.30 Мультфильм
19.50 «Нобэ, пщэдей…». Сирием къикIыжахэр. Япэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (12+)
20.25 «Хабзэр зыхъумэхэр» (12+)
20.55 «Бэрэжьей пщыхьэщхьэм…» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
21.25 «Зи чэзу псалъэмакъ»
21.40 ХъыбарыщIэхэр
Махуэку, бадзэуэгъуэм и 4
7.00 Мультфильм
7.15 «ГъащIэ гъуэмылэ». СурэтыщI Къарэмырзэ Фаризэт (адыгэбзэкIэ) (12+)
7.40 ХъыбарыщIэхэр
7.55 «Хъуромэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (6+)
8.05 «ГъащIэ гъуэгуанэ». ТхакIуэ икIи журналист КIурашын БетIал (адыгэбзэкIэ) (12+)
9.05 «ЕгъэджакIуэ». Хэку зауэшхуэм и ветеран Кучуков Мыхьмуд (12+)
9.05 «ЛIэщIыгъуэхэм къапхыкIыу». Этнограф Таумурзаев Далхат. ЕтIуанэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
9.35 «Гупсысэхэр». ЩIалэгъуалэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (16+)
18.00 «Кабардинка» къэрал академическэ къэфакIуэ ансамблыр илъэс 80 щрикъум ирихьэлIэу. «Лъэпкъым и набдзэ» (адыгэбзэкIэ) (12+)
18.40 «Псы цIыкIухэм я къаруушхуэр». Шэрэдж Ищхъэрэ ГЭС каскадыр (16+)
19.30 «Сабиигъуэм и лъахэ». УсакIуэ Хьэту Петр (адыгэбзэкIэ) (12+)
19.55 «Нобэ, пщэдей…». Сирием къикIыжахэр. ЕтIуанэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (12+)
20.30 «ЦIыхухъухэм папщIэ». Тележурнал (16+)
21.05 «Ууаз» (балъкъэрыбзэкIэ)
21.40 ХъыбарыщIэхэр
Мэрем, бадзэуэгъуэм и 5
7.00 Мультфильм (6+)
7.20 «Адыгэ шхыныгъуэхэр» (адыгэбзэкIэ) (12+)
7.40 ХъыбарыщIэхэр
7.55 «Апхуэдэ гъащIэ». Телефильм (адыгэбзэкIэ) (12+)
8.10 «Дыщэ пхъуантэ». Сабийхэм папщIэ нэгузегъэужь программэ (адыгэбзэкIэ) (6+)
8.35 «Ди псэлъэгъухэр». Филологие щIэныгъэхэм я доктор ХьэкIуащэ Мадинэ (16+)
9.10 «ЦIыху». Журналист Занкишиев Хъусейн (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
9.40 «Таурыхъым и деж хьэщIапIэ» (балъкъэрыбзэкIэ) (6+)
18.00 Мультфильм
18.10 УФ-м щIыхь зиIэ и артист Жанатаев Исмэхьил и фэеплъ пшыхь (12+)
19.30 «Лъэпкъыр зэкъуэтмэ — лъэщщ». Сирием къикIыжа адыгэхэр къытхэсыхьыжыным теухуауэ (адыгэбзэкIэ) (12+)
19.55 «ЩIэблэ». УэрэджыIакIуэ ныбжьыщIэхэм я зэпеуэ (12+)
20.35 «Гупсысэхэр». ЩIалэгъуалэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (16+)
20.55 «49-нэ каналым и пощт» (12+)
21.40 ХъыбарыщIэхэр
Щэбэт, бадзэуэгъуэм и 6
7.00 Мультфильм
7.25 «Ди зоопаркым» (адыгэбзэкIэ)
7.40 ХъыбарыщIэхэр
8.00 Дунейм и набдзэ». Музыкэ театрым и уэрэджыIакIуэ Мамбэт Мадинэ (адыгэбзэкIэ) (12+)
8.30 «ГъащIэм и алыфбей». УсакIуэ, узэщIакIуэ Шахмурзаев Саид (12+)
9.00 «Нэхумрэ жьауэмрэ». СурэтыщI Мамбэт Светланэ (12+)
9.25 «Бзэмрэ псэкупсэмрэ». Журтубаев Махъты (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
18.00 Мультфильм
18.20 «Гъуэплъыфэ уафэ». Сабийхэм папщIэ спорт тележурнал (6+)
18.45 «Си уэрэд». КъБР-м щIыхь зиIэ артист Бэрэгъун Марианнэ (адыгэбзэкIэ) (12+)
19.30 «Республикэм щыхъыбархэр». ХъыбарыщIэхэр (адыгэбзэкIэ)
19.45 «ЛИК» («Литературэ, гъуазджэ, щэнхабзэ»). Тележурнал (12+)
20.20 «Iущыгъэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (6+)
20.40 «Ыйыкъ». ХъыбарыщIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ)
21.00 «49-нэ каналым и пощт» (12+)
Тхьэмахуэ, бадзэуэгъуэм и 7
7.00 Мультфильм (6+)
7.10 «Адыгэ пшынэ» (адыгэбзэкIэ) (12+)
7.40 «Республикэм щыхъыбархэр». ХъыбарыщIэхэр (адыгэбзэкIэ)
8.00 «ТВ галерея». Горький Максим и цIэр зезыхьэ Урыс къэрал драмэ театрым и актрисэ Кравцовэ Наталье (12+)
8.30 «Анэдэлъхубзэ». КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ Мокаев Магомед и творчествэм теухуауэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
9.05 «Ыйыкъ». ХъыбарыщIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ)
9.20 «49-нэ каналым и пощт» (12+)
18.00 Мультфильм
18.20 «ФIыуэ зэрилъагъур жеIэ». Слатюк Александр (12+)
18.40 «Чемпионхэр». КъБР-м щIыхь зиIэ и тренер Куэцэ Руслан (12+)
19.05 «ЛIэщIыгъуэм и цIыху». ЩIэныгъэлI, тхакIуэ Нало Заур къызэралъхурэ илъэс 85-рэ щрикъум ирихьэлIэу (адыгэбзэкIэ) (12+)
19.35 «Зэманымрэ цIыхумрэ». КъБР-м цIыхухэм Iуэхутхьэбзэ яхуэщIэнымкIэ и IэнатIэм щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Золотарев Валерэ (16+)
20.05 «ЗэIущIэхэр». КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Теппеев Алим (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
20.40 «49-нэ каналым и пощт» (12+)
21.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр»
«Къэбэрдей-Балъкъэр» ГТРК-м и ТВ
Блыщхьэ, бадзэуэгъуэм и 1
7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр
11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ)
14.30, 17.15, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр
18.30 «Вояж» программэр
Гъубж, бадзэуэгъуэм и 2
7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр
9.00 «Тау адет» (балъкъэрыбзэкIэ)
9.30 «Реалекс»
11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ)
11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ)
14.30, 17.15, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр
18.30 «Зэманым и лъэужь» программэр
19.05 «ДымыцIыху Къэбэрдей-Балъкъэр»
Бэрэжьей, бадзэуэгъуэм и 3
7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр
11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ)
11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ)
14.30, 17.15, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр
18.30 «Адэхэмрэ бынхэмрэ»
19.20 «Апхуэдэ гъащIэ»
Махуэку, бадзэуэгъуэм и 4
7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр
9.00 «Нобэ япщэфIахэр»
9.30 «Тоути»
11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ)
11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ)
14.30, 17.15, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр
18.30 «Дыгъуасэ, нобэ, пщэдей» (адыгэбзэкIэ)
19.05 «ЦIыхумрэ зэманымрэ» (балъкъэрыбзэкIэ)
Мэрем, бадзэуэгъуэм и 5
7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр.
11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ)
11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ)
14.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр
17.15 ЩIыпIэ зэман. Кавказ Ищхъэрэм щыхъыбархэр
18.30 «Унагъуэ альбом» программэр
19.05 «Пэшым екIу сурэтхэр» программэр
Щэбэт, бадзэуэгъуэм и 6
8.10, 11.10, 14.20 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр
10.05 «Нобэ япщэфIахэр»
10.40 «Реалекс»
Тхьэмахуэ, бадзэуэгъуэм и 7
10.20 ЩIыпIэ зэман. «Тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр»
14.20 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр
«Къэбэрдей-Балъкъэр» ГТРК-м и радио
Блыщхьэ, бадзэуэгъуэм и 1
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ):
7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10
7.25 — 7.45 IутIыж Борис. «Дахэнагъуэ» радиокомпозицэ (адыгэбзэкIэ).
7.45 — 8.00 Аттоев Магомед и басняхэр (балъкъэрыбзэкIэ).
10.15 — 10.30 ЩоджэнцIыкIу Алий. «Мадинэ» поэмэм щыщ пычыгъуэ.
13.25 — 13.45 «Iуэху куэд щызэфIагъэкI блыщхьэ».
13.45 — 14.00 Концерт (адыгэбзэкIэ).
Гъубж, бадзэуэгъуэм и 2
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ):
7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10
7.25 — 7.45 Литературэрэ макъамэу зэхэт нэтын (адыгэбзэкIэ).
7.45 — 8.00 Балъкъэр уэрэдыжьхэр (балъкъэрыбзэкIэ).
10.15 — 10.30 «ЗэныбжьэгъуитI». Таурыхъ (адыгэбзэкIэ).
13.25 — 13.45 «Iэщ гъэхъуныр экономикэм и IэнатIэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ» (балъкъэрыбзэкIэ).
13.45 — 14.00 Дементьев В. «Усэхэмрэ прозэмрэ».
Бэрэжьей, бадзэуэгъуэм и 3
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ):
7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10
7.25 — 7.45 «ГукъыдэжыфI». Концерт (адыгэбзэкIэ).
7.45 — 8.00 Боташев Иса «Усэхэм я дакъикъэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ).
10.15 — 10.30 Газаевэ Светланэ и концерт.
13.25 — 13.45 Мыхьэнэшхуэ зиIэ псалъэмакъ.
13.45 — 14.00 «Къызыдэфэ макъамэхэр (адыгэбзэкIэ).
Махуэку, бадзэуэгъуэм и 4
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ):
7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10
7.10 — 8.00 «Пщэдджыжьыпэ». Нэгузегъэужь нэтын.
10.15 — 10.30 Маршак Самуил . «Джэдум и унэр».
13.25 — 13.50 МакъыщIэхэр. Махъсидэ Анжеликэ (адыгэбзэкIэ).
13.50 — 14.00 Мусукаевэ Сакинат. «Усэхэм я дакъикъэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ).
Мэрем, бадзэуэгъуэм и 5
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ):
7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10
7.25 — 8.00 «Жьырытэдж» (адыгэбзэкIэ).
10.15 — 10.30 «Усэхэм я дакъикъэхэр» Тхьэгъэзит Зубер (адыгэбзэкIэ).
13.25 — 13.45 «Ууаз» (балъкъэрыбзэкIэ).
13.45 — 14.00 «Инджылызыбзэр Джэдгъэф Маринэ и гъусэу зыдогъащIэ».
Щэбэт, бадзэуэгъуэм и 6
10.10 — 11.00 «Кавказ пшэплъхэр».
12.10 — 12.25 «КъБР: махуэр махуэм кIэлъыкIуэу». ХъыбарыщIэхэр (адыгэбзэкIэ).
12.25 — 12.40 «КъБР: махуэр махуэм кIэлъыкIуэу» ХъыбарыщIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ).
12.40 — 13.00 «Езым и хъэтI иIэжу».
Тхьэмахуэ, бадзэуэгъуэм и 7
10.10 — 10.25 «КъБР: махуэр махуэм кIэлъыкIуэу» ХъыбарыщIэхэр.
10.25 — 11.00 Нало Заур. «Пхъэм къыхэщIыкIа Хьэбалэ и пщафIапIэр» (адыгэбзэкIэ).
12.10 — 13.00 Театрыр микрофоным Iутщ. Жантуев И. «Фэеплъ» (балъкъэрыбзэкIэ).
КъБР-м и радио
Блыщхьэ, бадзэуэгъуэм и 1
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ):
7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 13.00, 14.00, 15.00, 16.00, 17.00, 18.00
7.15/13.05 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ).
7.45/14.50 «Жаншэрхъ» Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ).
8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ).
8.20/16.32 «ЩIэныгъэм я дунейм — зып- лъыхьакIуэ» (балъкъэрыбзэкIэ).
8.40/14.35 «Лэгъупыкъу». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ).
9.00/18.05 «Зэпсэлъэгъухэр» (урысыбзэкIэ).
9.25/18.30 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ).
10.05 «Утыку» (адыгэбзэкIэ).
10.25/16.05 «Макъамэ яхъумахэр» (адыгэбзэкIэ).
11.05/17.05 «Зэныбжьэгъухэм я гушыIэкIэр» (балъкъэрыбзэкIэ).
11.25/17.25 «Уэрэдыр тыгъэ фхузощI» (балъкъэрыбзэкIэ).
11.48/17.48 «Гюрен». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ).
12.05/15.35 «Дуней тетыкIэ» (урысыбзэкIэ).
12.25/15.05 «КъехьэкI-нехьэкI зыхэмылъ псалъэмакъ» (урысыбзэкIэ).
14.05/14.35 «Дыхьэшхэным и хъуреягъкIэ» (адыгэбзэкIэ).
Гъубж, бадзэуэгъуэм и 2
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ):
7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 13.00, 14.00, 15.00, 16.00, 17.00, 18.00
7.15/13.05 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ).
7.45/14.45 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ).
8.20/16.30 «Ди хъугъуэфIыгъуэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ).
9.00/18.05 «Зэманыр, къэхъукъащIэхэр, Iуэху еплъыкIэхэр» (урысыбзэкIэ).
9.20/18.25 «Гукъыдэж» (урысыбзэкIэ).
10.05 «Адыгэхэр: тхыдэр, хабзэр» (адыгэбзэкIэ).
10.50/15.50 «Зэхэфха? Флъэгъуа?» (адыгэбзэкIэ).
11.05/17.30 «Балъкъэр цIыхубэ уэрэдхэр» (балъкъэрыбзэкIэ).
11.30/17.05 «Гъэмахуэр нэгузыужь лъэхъэнэщ» (балъкъэрыбзэкIэ).
12.05/15.30 «Классикэ макъамэм и концерт» (урысыбзэкIэ).
12.25/15.05 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ).
12.45/14.30 «Зи чэзу Iуэхум теухуауэ» (адыгэбзэкIэ).
14.05/16.05 «Макъамэ калейдоскоп» (адыгэбзэкIэ).
Бэрэжьей, бадзэуэгъуэм и 3
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ):
7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 13.00, 14.00, 15.00, 16.00, 17.00, 18.00
7.15/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ).
7.45/14.50 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ).
8.20/17.05 «Къонгуроучукъ». Сабийхэм папщIэ (балъкъэрыбзэкIэ).
8.45/16.50 «Гюрен». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ).
9.00/18.05 «Зи чэзу Iуэхум теухуауэ» (урысыбзэкIэ).
9.25/18.25 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ).
10.05/16.05 «ЩIымрэ абы щыпсэу цIыхухэмрэ» (адыгэбзэкIэ).
10.25/16.20 Концерт (адыгэбзэкIэ).
11.05-11.22 «Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ).
11.30/17.30 «Сэлам алейкум» (балъкъэрыбзэкIэ).
12.05/15.05 «Гъуазджэм и щIыналъэ» (урысыбзэкIэ).
12.40/15.40 «Гукъыдэж» (урысыбзэкIэ).
14.05-14.50 «Уэрэдыр и Iэпэгъуу» (адыгэбзэкIэ).
Махуэку, бадзэуэгъуэм и 4
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ):
7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 13.00, 14.00, 15.00, 16.00, 17.00, 18.00
7.15/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ).
7.45/18.43 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ).
8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ).
8.20/17.05 «Дэ къытхуэнар» (балъкъэрыбзэкIэ).
9.00/18.05 «Нэхъыщхьэм теухуауэ кIэщIу» (урысыбзэкIэ).
9.20/15.25 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ).
9.30/15.45 «Псэм и макъамэ» (урысыбзэкIэ).
9.42/15.35 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ).
10.05/16.05 «Динымрэ гъащIэмрэ» (адыгэбзэкIэ).
10.20/16.20 «Гухэлъ уэрэдхэр» (адыгэбзэкIэ).
10.45-16.45 «ДунейгъафIэ». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ).
11.05/14.05 «Лэгъупыкъу» (балъкъэрыбзэкIэ).
11.30/17.35«Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ).
12.05/15.05 «Макъамэхэр» (урысыбзэкIэ).
12.30/18.20«Дуней тетыкIэ» (урысыбзэкIэ).
14.30/15.00 «Пшыналъэ». Нэгузегъэужь нэтын (адыгэбзэкIэ).
Мэрем, бадзэуэгъуэм и 5
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ):
7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 13.00, 14.00, 15.00, 16.00, 17.00, 18.00
7.15/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ).
7.45/18.39 «Щэнхабзэм теухуауэ» (адыгэбзэкIэ).
8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ).
8.20/17.30 «Дыщэ пхъуантэ цIыкIу» (балъкъэрыбзэкIэ).
8.35/14.05 «Уэсылъэ къуршхэм я макъамэ» (балъкъэрыбзэкIэ).
9.00/18.05 «ГъащIэ упщIэ» (урысыбзэкIэ).
9.25/15.35 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ).
10.05 «Эфирыр псоми папщIэ» (адыгэбзэкIэ).
10.25 «ФIыуэ тлъагъу макъамэхэр» (адыгэбзэкIэ).
10.45/16.05 «Таурхъан». Сабийхэм папщIэ таурыхъхэр (адыгэбзэкIэ).
11.05/13.50 «Гуапагъэмрэ уахътыншагъэмрэ ятеухуауэ» (балъкъэрыбзэкIэ).
11.20/17.05 «Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ).
11.45/17.45 «Гюрен» (балъкъэрыбзэкIэ).
12.05/15.05 «Гъуазджэм и щIыналъэ» (урысыбзэкIэ).
12.35/18.20 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ).
12.44/18.29 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ).
14.30/16.25 «Ди гъусэу зывгъэпсэху» (адыгэбзэкIэ).
Щэбэт, бадзэуэгъуэм и 6
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ):
7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 13.00, 14.00, 15.00, 16.00, 17.00, 18.00
7.00/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ).
7.38/13.38 «Вагъуэбэ» (адыгэбзэкIэ).
8.00/15.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ).
8.25/15.25 «Эрирей» (балъкъэрыбзэкIэ).
9.00/18.00 «Я гулъытэ нэхъыщхьэр зыхуэгъэзар» (урысыбзэкIэ).
9.25/18.25 «Концерт» (урысыбзэкIэ).
9.45/18.45 «Усыгъэм и сатыр мыкIуэдыжынухэр…» (урысыбзэкIэ).
10.00 «Дэрэжэгъуэ» Нэгузегъэужь нэтын (адыгэбзэкIэ).
10.50/14.30 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ).
11.00/16.00 «Зэныбжьэгъухэм я гушыIэкIэр» (балъкъэрыбзэкIэ).
11.21/16.21 «Топалайчыкъ». Сабийхэм папщIэ (балъкъэрыбзэкIэ).
11.30/16.30 «Iуащхьэмахуэ и щыгум щыIу уэрэдхэр» (балъкъэрыбзэкIэ).
12.00/17.00 «Гукъыдэж» (урысыбзэкIэ).
12.44/17.44 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ).
14.00 «Радиотеатр» (адыгэбзэкIэ).
Тхьэмахуэ, бадзэуэгъуэм и 7
«ХъыбарыщIэхэр». Тхьэмахуэм къэхъуахэр (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ):
8.00, 10.00, 12.00, 14.00, 15.00, 17.00
7.00/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ).
7.40/14.40 «Лъэпкъ прозэм и напэкIуэцIхэр» (адыгэбзэкIэ).
8.10/15.10 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ).
8.40/15.40 «Гюрен». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ).
9.00/18.00 «Iуэху нэхъыщхьэм теухуауэ» (урысыбзэкIэ).
9.35/18.35 «Дыщыпсэу дунейм» (урысыбзэкIэ).
9.45/18.45 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ).
10.10/14.10 «Макъамэ» (адыгэбзэкIэ).
10.40 «Зыгъэпсэхугъуэхэр, зыгъэпсэхугъуэхэр…» (адыгэбзэкIэ).
11.00/16.00 «Ди хъугъуэфIыгъуэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ).
12.10/17.10 «Театрыр микрофоным Iутщ» (урысыбзэкIэ).
13.35 «УсакIуэмрэ уэрэдымрэ» (адыгэбзэкIэ).
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29058.txt"
} |
ГугъапIэ, хъуэпсапIэ, япэ лъагъуныгъэ…
Урысейм и щIалэгъуалэм и махуэр — гъэ къэс, мэкъуауэгъуэм и 27-м УФ-м щагъэлъапIэ лъэпкъ махуэшхуэщ.
Абы и тхыдэр къыщежьэр Совет Союзым и лъэхъэнэрщ. 1958 гъэм мазаем и 7-м СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым «Совет щIалэгъуалэм я махуэ гъэувыным теухуауэ» къыдигъэкIа унафэм ипкъ иткIэ, мэкъуауэгъуэм и иужьрей тхьэмахуэм ягъэлъапIэу щIадзащ.
СССР къэралыгъуэшхуэр къутэжа нэужь, Урысей Федерацэм и щхьэхуитыныгъэр ягъэуващ. КъагъэщIэрэщIэжа къэралыр, шэч хэмылъу, хуэныкъуэт апхуэдэ махуэшхуэм. Абы щыгъуэм 1993 гъэм къэралыгъуэщIэм и япэ Президент Ельцин Борис, УФ-м ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ и комитетымрэ ЩIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэм я лъэпкъ советымрэ къыхалъхьам ипкъ иткIэ, унафэ ищIащ а махуэшхуэр мэкъуауэгъуэм и 27-м траухуэну. Апхуэдэуи къэралым и хэгъуэгу псоми а махуэм концертхэр, зэIущIэхэр, гъэлъэгъуэныгъэхэр, спорт зэхьэзэхуэхэр, зэпеуэхэр щегъэкIуэкIыныр, ахэр хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм къагъэлъэгъуэжыныр къалэн ящищIащ.
ЩIалэгъуэр цIыху гъащIэм хэт лъэхъэнэ гукъинэжщ. Ар зэрекIуэкIам теухуауэ гукъэкIыж IэфIхэр игу къонэ дэтхэнэ зы балигъми. Ар гур зыхуэхъуапсэхэм, гугъэ къызэрымыкIуэхэм, япэ лъагъуныгъэм, ныбжьыщIэр лъэ быдэкIэ гъащIэм щыхэувэм хухэха пIалъэщ. А ныбжьым итхэм я дежкIэ бжэ псори зэIухащ, ягу нэхъ зыхуеIэм щIыхьэн хуейуэ аркъудейщ. Ауэ къыхэгъэщыпхъэщ сабиигъуэм укъыхэкIыу балигъ гъащIэм ухыхьэнри зэрымытыншыр. Сабийм щхьэкIэ жэуаплыныгъэ зыхьыр адэ-анэрамэ, зи щIалэгъуэм и гъащIэр езым зэтреублэж. Зэрыхабзэщи, балигъхэм я чэнджэщ хуэмыныкъуэу къызыщыхъуж щIалэгъуалэм дерс къызыхахыр езыхэм я щыуагъэрщ.
Гуныкъуэгъуэмрэ гугъуехьхэмрэ
УФ-м и щIалэгъуалэр зыIууэ гугъуехьхэм ящыщщ лэжьапIэншагъэр. ЩIэныгъэ иIэми, IэнатIэ пэрымытауэ, лэжьыгъэм и щэхур къимыщIауэ гугъущ щIалэм лэжьапIэ къигъуэтыныр. ЩIэныгъэ нэхъыщхьэ зэзыгъэгъуэтхэм я бжыгъэр куэд хъу щхьэкIэ, ахэр къэралым къигъэсэбэпыфыркъым. IэщIагъэ зэхуэмыдэхэмкIэ диплом зыIэрызыгъэхьэжахэм я нэхъыбэр лэжьэну хуейкъым — абы и щхьэусыгъуэр, дауи, иджырей экономикэр зыхуэныкъуэ IэщIагъэлIхэм хуэдэ къазэрыхэмыкIырщ. Дипломыр зыри и уасэкъым, узэреджа илъэситхум къриубыдэу щIэныгъэрэ IэщIагъэрэ зумыгъэгъуэтамэ.
Унагъуэ ухуэным егупсыс зэрыхъуар
Иужьрей илъэсхэм унагъуэ зыухуэ щIалэгъуалэм унэ къащэхунымкIэ Iэмал куэд щыIэ хъуащ. Абы и хэкIыпIэщ къэрал политикэр — ипотекэ щIыхуэмрэ анэ хъуахэм ират ахъшэмрэ. А Iуэхугъуэхэм къадэкIуауэ жыпIэ хъунущ иужьрей зэманым къалъхухэм я бжыгъэр нэхъыбэ зэрыхъужар. Урысейм и щIалэгъуалэм, КъухьэпIэм щыпсэухэм ещхьу, я нэхъыбэм япэ щIыкIэ щIэныгъэ зрагъэгъуэту, IэнатIэ пэрыувэу, псэупIэ яухуэу итIанэ унагъуэ зэрагъэпэщыныр нэхъ къащтэ. ЩIалэгъуалэр щызэрышэ ныбжьми хэхъуащ. КIэщIу жыпIэмэ, я акъылыр тIысауэ, унагъуэ зэрагъэпсэун Iэмалхэр къащIауэ къашэмэ зэрынэхъыфIым егупсыс- хъуащ.
Политикэмрэ дзыхьымрэ
Нобэ Урысейм и щIалэгъуалэр мелуан 40-м ноблагъэ. Ар Урысейм щыпсэу цIыху бжыгъэм и процент 27-рэ мэхъу. ИрагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм япкъ иткIэ, ныбжьыщIэхэм ящыщу мащIэ дыдэщ политикэм дихьэхыр. Абыхэм я процент 1-4-ращ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм хэтыр. Ауэ узыгъэгуфIэщ иужьрей илъэсхэм а Iуэхур зэрефIэкIуар, политикэ зэгухьэныгъэщIэхэр къызэрагъэпэщ зэрыхъуар.
Иджырей щIалэгъуалэм я гугъу щыпщIкIэ къыхэгъэщыпхъэщ абыхэм я нэхъыбэм «хэкупсэ» гурыщIэр нэсу зэрызыхамыщIэр. IэщIагъэлIхэм ирагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, ныбжьыщIэхэм къыщалъхуа къэралыр къадэIэпыкъуну я фIэщ хъуркъым, я дзыхь ирагъэзыркъым. Псалъэм папщIэ, унэ къэщэхуныр куэдым къатохьэлъэ, аращи фэтэрхэр бэджэнду къащтэн хуей мэхъу, къалэжьыр абы пэкIуэжу.
Нобэрей еджакIуэхэм елъытар
Ди къэралми, нэгъуэщI щIыналъэхэм я дежкIи щIалэгъуалэм мыхьэнэшхуэ яIэщ, абы къыхэкIыу гулъытэ хэха яхуэщIыпхъэщ. Къапщтэмэ, нобэрей школакIуэхэмрэ студентхэмрэщ къэкIуэнур зэлъытар. ЩIэныгъэлI ныбжььщIэхэр, хьэрычэтыщIэ щIалэхэр, IэщIагъэлI жыджэрхэракъэ Урысейм и зыужьыныгъэм и хэкIыпIэхэр къэзыгъуэтынур?
Къыхэгъэщыпхъэщ УФ-м и Правительствэм щIалэгъуалэм къэкIуэну дахэ яIэным гулъытэ хэха зэрыхуищIыр. Абы иригъэкIуэкI социальнэ политикэм и Iыхьэ нэхъыщхьэщ къыдэкIуэтей щIэблэм ядэIэпыкъуныр. Абы ипкъ иткIэ, щIалэгъуалэ политикэ щхьэхуэ зэхаублэ, абы иролажьэ. ИщхьэкIэ зэрыщыжытIащи, унагъуэщIэхэм защIегъакъуэ, щIэныгъэ нэхъыщхьэр псоми хуиту зрагъэгъуэтыныр къызэрегъэпэщ, ныбжьыщIэ, щIалэгъуалэ клубхэмрэ центрхэмрэ къызэIуех, спортым зрегъэужь.
ЩIалэгъуалэр зэхъуэкIыныгъэхэм тыншу есэ, щIэныгъэр нэхъ псынщIэу къэзыщтэ жылагъуэм и Iыхьэ нэхъ жыджэрщ. Ахэр я мурадхэм зэрыхуэкIуэ ерыщагъымрэ Хэкум къыхуэсэбэпын Iуэхухэм зэрыхуэпабгъэмрэ куэдкIэ елъытащ ди къэралым и зыужьыкIэ хъунур. Иджырей Урысейр хуэныкъуэщ щIэныгъэфI зыбгъэдэлъ, жэрдэм зиIэ, творчествэм дихьэх, хэкIыпIэфIхэр къэзыгъуэтыф, абы тегушхуэф щIалэгъуалэм. ИкIи къэрал щIалэгъуалэ политикэм япэ иригъэщхэм ящыщщ ныбжьыщIэхэм я къарур, зэфIэкIыр къызэкъуегъэхыныр, и увыпIэр гъащIэм щиубыдыжынымкIэ дэIэпыкъуныр, къэрал, жылагъуэ Iуэхухэм, щIэныгъэм, щэнхабзэм жыджэру хэгъэхьэныр.
Ди фIэщ мэхъу ди къэралым и щIэблэм нэхъыжьхэм кърагъэз дзыхьыр дяпэкIи зэрагъэпэжыфынур, Хэкум ифI зэрызэрахуэнур.
НэщIэпыджэ Замирэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29066.txt"
} |
Гузэвэгъуэ хэхуа ди лъэпкъэгъухэм дадэвгъэIэпыкъу!
Сирие Хьэрып Республикэм щекIуэкI зауэм и зэран зэкIа ди лъэпкъэгъухэм защIэгъэкъуэн мурадкIэ, Урысей ХъумапIэ банкым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэ №8631-м счет хэха къыщызэIуахащ. Ди къуэш-шыпхъухэм ядэIэпыкъуну хуей дэтхэнэми мы счетым ахъшэ хилъхьэ хъунущ:
ИНН 0711040610 / КПП 072101001
Расчетный счет 40703810060330000227
БИК 040702660
Корсчет 30101810600000000660
Кабардино-Балкарское ОСБ №863I, г. Нальчик, ул. Пушкина/Кешокова, 33а/72
Адыгэ псори фыкъыхудоджэ: IуэхуфI влэжьыным фепIэщIэкI! Фи дэтхэнэ сомри иджыпсту дэхуэха ди лъэпкъэгъухэм сэбэп зэрахуэхъунум шэч къытевмыхьэ. Абыхэм дазэрыкъуэувэным, зэрызащIэдгъэкъуэным Iэмалу щыIэр къыхуэдвгъэгъэсэбэп! Ди нэхъыжьыфIхэм купщIэшхуэ халъхьащ «Узэкъуэтмэ - улъэщщ!» псалъэхэм.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29068.txt"
} |
Ди щIэджыкIакIуэ лъапIэхэ!
Фигу къыдогъэкIыж 2013 гъэм и етIуанэ илъэс ныкъуэм къыфIэрыхьэну газетхэм, журналхэм Iэ тедзэныр зэрекIуэкIыр.
Илъэс ныкъуэм ди газетым и уасэщ сом 403-рэ кIэпIейкIэ 32-рэ.
«Адыгэ псалъэм» Iэ щытевдзэ хъунущ республикэм и пощт IуэхущIапIэ псоми.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29071.txt"
} |
Фыкъеблагъэмэ, ди гуапэщ!
«Черкесия. Возвращение» документальнэ фильмым и презентацэ Налшык дэт Къэрал киноконцерт гъэлъэгъуапIэм мэкъуауэгъуэм и 30-м щекIуэкIынущ.
Ар зи IэдакъэщIэкI Нэгъаплъэ Аскэрбий нэхъапэм трихащ «Черкесия», «Черкесия. Адыгэ Хабзэ», «Черкесия. Чужбина» фильмхэр. Иужьрейр теухуащ Косовэ (Албание), Сирием, Иорданием, Тыркум, Израилым, США-м къиIэпхъукIыжу адэжь Хэкум къэзыгъэзэжа адыгэхэм.
ПщIэншэу щIагъэхьэнущ. ЩыщIидзэр сыхьэт 16-рщ.
КъБР-м и «Адыгэ Хасэ» ОО.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29073.txt"
} |
Журналистхэм къахохъуэ
Урысейм и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм иджыблагъэ хагъэхьащ КъБР-м и хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэ ныбжьыщIэу 25-рэ.
Абыхэм ящыщщ «Адыгэ псалъэ» газетым щыщхэу Къумахуэ Аслъэн, Чэрим Мэрьянэ, Щоджэн Iэминат, Щомахуэ Залинэ, Багъэтыр Луизэ, Гугъуэт Заремэ, ТекIужь Заретэ сымэ.
Дэфтэрхэр щатыжым кърихьэлIащ КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Мэзыхьэ Борис, ХъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ, цIыхубэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, «Кабардино-Балкарская правда», «Заман» газетхэм я редактор нэхъыщхьэхэу Болэт Арсен, Аттаев Жамал, КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ фондым и унафэщI Вэрокъуэ Владимир сымэ, нэгъуэщIхэри. Абыхэм къыхагъэщащ лэжьыгъэм зэфIэкI къыщызыгъэлъэгъуа журналист ныбжьыщIэхэр зэгухьэныгъэм хагъэхьэкIэрэ, ар къызэрыщIэрэщIэжыр. Дэфтэрыр зыIэрыхьэжахэм адэкIи ехъулIэныгъэ яIэну, я IэщIагъэм ехьэлIа мурадхэр къайхъулIэну ехъуэхъуахэщ, ХьэфIыцIэ Мухьэмэд яхуигъэхьэзыра «Адыгэ махуэгъэпсхэри» тыгъэ хуащIащ.
НафIэдз Заремэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29075.txt"
} |
Мы махуэхэм
Мэкъуауэгъуэм и 27, махуэку
Урысейм щагъэлъапIэ ЩIалэгъуалэм я махуэр
1709 гъэм урысыдзэр Полтавэ и гъунэгъуу шведхэм щатекIуащ.
1919 гъэм Версаль Iэ щытрадзащ Япэ дунейпсо зауэр зэриухамкIэ зэгурыIуэныгъэм.
Таджикистаным щагъэлъапIэ лъэпкъ зэкъуэтыныгъэм и «Вахдат» махуэр.
Илъэс 75-рэ и пэкIэ (1938 гъэм мэкъуауэгъуэм и 27 — 28-хэм) Коккинакирэ Бряндинскэмрэ «Москва» ЦКБ-30 кхъухьлъатэмкIэ СССР-м и къалащхьэм икIри, Спасск-Дальний жылагъуэм (Владивосток пэгъунэгъущ) лъэтащ. сыхьэт 24-рэ дакъикъэ 36-м километр 7060-рэ къызэранэкIащ кхъухьлъатэр ямыгъэтIысу. Апхуэдэ хахуагъэм папщIэ кхъухьлъатэзехуитIым фIащащ Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэр.
Мэкъуауэгъуэм и 27 — 28-хэм Брюссель (Бельгие) Европей советым и сессие щекIуэкIынущ къэралхэмрэ правительствэхэмрэ я Iэтащхьэхэр хэту.
1979 гъэм «КъБАССР-м и цIыхубэ тхакIуэ» цIэ лъапIэр ягъэуващ.
Мэкъуауэгъуэм и 28, мэрем
Архитекторхэм я дунейпсо зэгухьэныгъэр 1948 гъэм къызэрагъэпэщащ.
Iуащхьэмахуэ япэ дыдэу дэкIа (1829) адыгэлI Хьэшыр Чылар къызэралъхурэ илъэс 215 ирокъу.
1944 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, щIэныгъэлI, генеалогиемкIэ дунейпсо академиеми (Париж) ЩIДАА-ми я член-корреспонденту щыта Махъсидэ Анатолий.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29077.txt"
} |
ЕджапIэр къэзыухахэм зэхуегъазэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен, Твиттерыр къигъэсэбэпри, курыт еджапIэр къэзыухахэм балигъ гъащIэм зэрыхыхьамкIэ ехъуэхъуащ.
«ЕджапIэр къэзыухахэм я дежкIэ нобэрей махуэр хэIэтыкIащ. Абыхэм школым сэлам ирахыж, зэщIыгъуу къэунэху махуэщIэм IуощIэ, кIэщIу жыпIэмэ, я дахэгъуэщ. Фи мурад псори къывэхъулIэну сынывохъуэхъу», — етх Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм.
Мы гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым курыт школхэр цIыху 6642-м къыщаухащ. Абыхэм я щIыхькIэ республикэм и еджапIэ псоми вэсэмахуэ щрагъэкIуэкIа гуфIэгъуэ пшыхьхэм щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ курыт щIэныгъэ зэрагъуэтамкIэ аттестатхэр иратыжащ. ГъащIэщIэм хыхьэхэм псалъэ гуапэхэмкIэ зыхуагъэзащ егъэджакIуэхэм, нэхъыжьхэм, адэ-анэхэм.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29079.txt"
} |
Къанокъуэ Арсен: Президентым къыхилъхьахэр сэбэп хъунущ бизнесым зегъэужьынымкIэ
Санкт-Петербург къалэм щекIуэкIа дунейпсо экономикэ зэхуэсышхуэм и лэжьыгъэр иухащ. Абы УФ-м и Президент Путин Владимир, апхуэдэу къэрал куэдым къикIа къулыкъущIэшхуэхэр хэтащ. ЗэIущIэм кърихьэлIащ къэрал 83-м щыщу цIыху мини 3,5-м щIигъу. ЗэIущIэр зэрекIуэкIым тетхыхьын папщIэ къэрал 29-м я цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэм къабгъэдэкIыу журналист 1200-рэ къэкIуащ.
Дуней псом, урысей экономикэм и Iуэху зытетхэм щыхэплъа зэIущIэм ирихьэлIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и лIыкIуэхэри.
ЗэIущIэр зэрекIуэкIам щытепсэлъыхьыжым Къанокъуэ Арсен къыхигъэщхьэхукIащ абы мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхухэр къызэрыщаIэтар, къэралым и Iэтащхьэ Путин Владимир куууэ зэгупсыса къалэнхэр къызэрыщигъэувар. КъБР-м и Iэтащхьэм жиIащ: «Санкт-Петербург щекIуэкIа экономикэ зэхыхьэшхуэм УФ-м и Президент Путин Владимир къыщыхилъхьа Iуэхухэм къэралым и экономикэм зегъэужьынымкIэ IэмалыщIэхэр къызэрагъэпэщыфынущ. Шэч хэмылъу, суд IэнатIэм иджыпсту иIэ щытыкIэр IэнатIэхэм заужьынымкIэ сэбэп хъуркъым, языныкъуэхэм деж уеблэмэ лъэпощхьэпохэр къадокIуэ. Суд Нэхъыщхьэмрэ Арбитраж Судымрэ зэгугъэхьэжыным теухуауэ Путин Владимир къыхилъхьа Iуэхур сэбэп хъунущ биз- несым и IэнатIэр нэхъ зэIубз щIынымкIэ».
Къанокъуэ Арсен къыхигъэщхьэхукIащ хьэрычэт лэжьакIуэхэм ящыщу къуаншагъэ зэмылIэужьыгъуэхэр зэралэжьам къыхэкIыу, ягъэтIысахэм тралъхьа тезырыр яхуэгъэгъуныр къэралым и бизнесми нэгъуэщI къэралхэм щыщ инвесторхэми я дежкIэ зэрысэбэпыр. «А щIыкIэм тету Урысейм егъэлъагъуэ инвестицэ щытыкIэр иригъэфIэкIуэну зэрыхущIэкъур икIи абы папщIэ хьэрычэтыщIэхэм нэхъ щабэу ябгъэдыхьэну зэрыхьэзырыр», — жиIащ КъБР-м и Iэтащхьэм.
КъБР-м и Iэтащхьэмрэ
Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29081.txt"
} |
«Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъщхьэ ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29083.txt"
} |
Къэзыгъэзэжахэм я щIэбли долъагъу
ЩыIэщ цIыху и теплъэми, и акъылми, и хьэл-щэнми, и цIыху хэтыкIэми зэуэ удихьэхыу. Апхуэдэу къыщысцIыхуа япэ махуэм сыдихьэхащ Сирием къиIэпхъукIыжа нанэ гуакIуэ Уэтей Баширэ.
Уэтей (Къардэн) Баширэ и нысэ Розирэ и къуэрылъху цIыкIумрэ щIыгъуу. Баширэ Къардэнхэ я нысэщ, Уэтейхэ япхъущ. Илъэсым щIигъуащ абы и бынхэр дэщIыгъуу Налшык къызэрыкIуэжрэ. Абы къикIыжа ди лъэпкъэгъухэм япэу сахыхьэу щыщIэздзам, гу лъыстат а унагъуэм щIэсхэр адыгэбзэкIэ фIыуэ зэрыпсалъэр. Езыхэм я зэхущытыкIэкIэ, я IэдэбагъкIэ удихьэхыу щытт. Си псэм фIыуэ илъэгъуа унагъуэр нэхъ гъунэгъуу зэзгъэцIыхуныр тыншу къызэхъулIащ.
Баширэрэ и щхьэгъусэ Къардэн (Идрис) Мухьэмэд-нуррэ бынибл зэдапIащ. ХъуэпсапIэу яIа адэжь хэкум къэзыгъэзэжар зэкIэ тхуращ, Джамболэтрэ Джэнэтрэ Сирием къэнащ, икIи анэр куэду егъэпIейтей и бынхэм я унагъуэхэр зауэм къызэрыхашын Iэмал зэрамыгъуэтым. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, адэм къехъулIакъым и хэкужь илъагъужыну, ар илъэсибл и пэкIэ дунейм ехыжащ.
Къардэнхэ япхъухэми я къуэхэми IэщIагъэ яIэти, лэжьапIэ псынщIэу къагъуэтащ. Япхъу Хьидает и унагъуэр «Дружба» зыгъэпсэхупIэм мазэ зыбжанэкIэ щIэса нэужь, фэтэр къащтэри, Iэпхъуауэ абы щопсэу, я къуэ цIыкIуитIыр сабий садым иратауэ, езыри и щхьэгъусэри мэлажьэ. Жансэт и унагъуэр Мейкъуапэ дэтIысхьащ, абы щопсэу, я щхьэ япIыж. Баширэ и къуитIымрэ и нысэхэмрэ дэщIыгъуу “Эльбрус» зыгъэпсэхупIэ унэм заулкIэ щIэсащ. Куэд мыщIэу ахэр Бахъсэн къалэ Iэпхъуащ, пэшищ хъу фэтэрым ахэр щIигъэтIысхьащ гугъуехь хэхуахэм егуэпэну хуей гуэрым. ФIыщIэ яхуэфащэщ апхуэдэ цIыху псэ хьэлэлхэм.
ЩIалэ нэхъыжь Амир щIэныгъэ нэхъыщхьэ Дамаск щызригъэгъуэтауэ инджылызыбзэмкIэ иригъаджэу школхэм щылэжьащ. Амир нэмыцэбзэри фIыуэ ещIэ, цIыхум и Iэпкълъэпкъыр шытIэнымкIэ Iэзэщ. Зэман гуэр и пэкIэ Амир сигъэлъэгъуат я нэхъыжьхэм теухуауэ тхыдэ-дэфтэр гуэрхэр, Налшык архивым къыщигъуэтыжу сурэт зытрихахэр. Абы и къежьапIэ хъуам теухуа хъыбар гъэщIэгъуэн сригъэдэIуащ Амир. Сирием щыпсэууэ зы зэман гуэрым адыгэбзэкIэ тхауэ тхылъ къыпэщIэхуат хэкум икIахэм я унэцIэхэм, унагъуэхэм теухуауэ. Абы къыщилъэгъуащ и адэшхуэмрэ абыхэм и адэ-анэмрэ ятеухуа тхыгъэ. Абдежым быдэу мурад ищIат хэкум къигъэзэжмэ, и адэжьхэм теухуа хъыбар къилъыхъуэжыну, икIи ар зэман кIэщIым къехъулIащ. Хьэтуейрэ Анзорейрэ щыпсэуа Къардэн зэкъуэшхэм я сабийхэр цIыкIуу хамэ щIыпIэ Iэпхъуащ. Абыхэм къатепщIыкIыжахэм нобэ я адэжь хэкур псэупIэ яхуэхъужащ. Иджыблагъэ Амир унагъуэ хъуащ: абы къиша пщащэр Щам къикIыжахэм ящыщщ. Амиррэ Розирэ унагъуэ быдэ хъуну, хэкум насып куэд щызэдалъагъуну дохъуэхъу.
Къардэнхэ я унагъуэм нысэ цIыкIум нэмыщIкIэ, иджыри зы гуфIэгъуэ къихъуащ. ЩIалэ нэхъыщIэ Тамеррэ абы и щхьэгъусэ Сэтэнейрэ щIалэ цIыкIу зэдагъуэтащ, сабийм Жэбагъы фIащащ. Зауэ гуащIэм къыхэкIыу зи хэку зыгъуэтыжахэм ящыщу япэу хэкум дунейм къыщытехьар а сабий дыщэращ. Абы и цIэджэгъу адыгэлI цIэрыIуэм хуэдэу, лъэпкъыр зэрыпэгэн лIы Iущ Жэбагъы хъуну ди гуапэщ. Мазибгъу хъуа сабийм псэлъэну макъ гуэрхэр къыжьэдэхуу щызэхэсхым, сфIэгъэщIэгъуэну: «СытыбзэкIэ фепсалъэрэ сабийм?», — жысIэри анэшхуэм сеупщIащ. «И анэр абазэхэщи, и бзэмкIэ йопсалъэ, сэ къэбэрдеибзэкIэ сопсалъэ, бзитIри ищIэу къэхъунщ».
— Дыщысабийм щыгъуэ уэрамым хьэрып сабийхэм дащыдэджэгуауэ дыкъыщIэлъэдэжрэ а бзэмкIэ зыгуэр жытIэу ди адэм зэхихамэ, и жагъуэ хъурти, «фыщIэкIи бзэмыIубзэкIэ фызэрыпсалъэ фи жьэм псы жьэдэвгъэжыхь», — къыджиIэрт.
«Бзу пэтрэ и бзэр и шырым Iурелъхьэ. Дэри ди адэ-анэр ди бзэкIэ фIэкIа зэи къыдэпсэлъакъым», — жеIэ Амири.
ЯгукIэ куэд зэрагъэзахуэми, зыгъэпIейтейр мымащIэми, я теплъэкIэ зэпIэзэрыту, я гуныкъуэгъуэхэм, икъукIэ щабэу, зыгуэрым и жагъуэ ящIыну хуэмейуэ апхуэдэущ мы унагъуэм щIэсхэр зэрыпсалъэр.
Абы гу щылъыстэм, нанэр щэхуу къэпсалъэри: «Улахуэр и зэманым къратыркъым хъыджэбзымрэ нысэмрэ зыщылажьэм. Ахъшэ ямыIэу лэжьапIэ сыткIэ кIуэн?» — жиIащ.
Я блэкIам щыхэплъэжкIэ зыгъэнэщхъеин куэд халъагъуэми, «БлэкIам кIэлъыбгэр бгым йолъэпауэ», — жыхуаIэращи, я гур фIым хуоплъэ Къардэн Баширэ и унагъуэ дахэр.
ЩОДЖЭН Iэминат.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29088.txt"
} |
Зауэр гущIэгъуншэщ
Сирием щекIуэкI зауэм теухуауэ Iуэху еплъыкIэ куэд къаIуатэу зэхыдох, тратхыхьри тражыIыхьри мащIэкъым. Абы щыпсэуа, къэралым и щытыкIэр, я цIыху щIыкIэр зыщIэхэм я псалъэри гупсысэри нахуэщ. Апхуэдэщ илъэс куэд и пэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр псэупIэ зыхуэхъужа Келды Сабри.
— «Адыгэ псалъэм» си тхыгъэ тетагъэххэщ илъэситIрэ ныкъуэрэ и пэкIэ Сирием щызэщIэплъа Iуэхум теухуауэ, — къыддогуашэ Сабри. — Президентым и унафэ хилъхьэрэ хуитыныгъэ тIэкIу щхьэкIэ зыкъэзыIэта цIыхухэм зыгуэр яхуищIатэмэ, дыгъуэныр нэхъ мащIэ ищIынымкIэ Iэмал къилъыхъуатэмэ, иджыпстурей щытыкIэм Iуэхур нэсынутэкъым. ЕI, уэрамым фыкъыдыхьагъэххэщ жиIэри, япэщIэуващ. ЦIыхухэм мазихкIэ Iэщэ къащтакъым, лъыкIпсыкI ищIыпэ щыхъум сыт къахуэнэжрэт?!
Сэ сызэреплъымкIэ, иджыпсту Сирием щызауэр а къэралым щыпсэухэм я закъуэкъым. Президентым и гъусэу зауэхэми оппозицэм щIыгъухэми яхэтщ хамэ къэралхэм щыщхэр. Псалъэм папщIэ, япэм и гъусэщ Ираныр. Ар къызыхэкIыр мыращ: Ираным щыпсэухэр нэхъыбэу шиитщ, президентымрэ и къуэдзэ гупымрэ хьэлэуийщ (шиитым щыщ къудамэщ). Ираныр зыхуейр абдеж зэкIэ зэщIиубыдэу хьэрып къэралхэр и блэгу щIагъым щIигъэтIысхьэну, игъэпщылIыну, жыпIэнурамэ, шиитхэр къызэщIигъэхъеену аращ. Алеппэ и гъунэгъу къуажитIым — Ныболрэ Зэхьрарэ – дэсхэри шиитщи, Iэщэ иратауэ оппозицэм ирагъэзауэ. Езыр къызэрежьар шиит-сунит зауэукъым, атIэми абы хуашэ. Ар захуэкъым. Зыхуейр хуиту утыку кърахьэркъым, дызэвгъэпсалъэ жаIэ щхьэкIэ, Асад Башар епсэлъэжыфыркъым цIыхубэр, мини 100 зэрыIэщIэкIуэдам, апхуэдиз хъыбарыншэу зэрыкIуэдам, цIыху мин 200 зэригъэтIысам къыхэкIыу и пщIэри и щIыхьри ехуэхыпащи.
«Аль-Джазирэ» телеканалым Сирием къыщыхъу Iуэхум теухуауэ щIалитI къигъэпсалъэрти, зыр Ираным, адрейр Иракым щыщт. Ираным щыщым нэтыныр езыгъэкIуэкIым зыхуегъазэ: «Уэ сыт Сирием къыщекIуэкIым уи Iуэхуу хэлъыр?» — жеIэри. «Iахъ, сэ къэралым сыщыщщ, уэращ нэгъуэщI щIыпIэ къикIар», — итащ жэуап. Ар щIыжысIэращи, пцIы яупсын къагъуэт.
Си къуажэ Хъэнэсир щымыIэжу жаIэ. Си къуэшыр ди щIапIэм исти, къаугъэр къыщыхъейм къикIат. Иджы хъыбар зэхыдох щIэлъхэр ядыгъуу унэхэри къагъэуэжауэ. Къуажэжь цIыкIум зауэр зэрынэсам къигъэлъагъуэркъэ абы и гуащIагъыр?!
Сирием щыщ цIыху мелуанрэ ныкъуэрэ къэралым имысыжыфу Иорданием, Ливаным, Тыркум, Иракым Iэпхъуащ, къинахэм щыщу мелуаниплIым нэсым шхын ягъуэтыркъым. ЗэрытщIэщи, мыбыкIэ къэкIуэжа мащIэ-хэри щыIэщ. Зауэм зи щхьэр къыхэзыхыу Къэбэрдей-Балъкъэрым къэкIуэжахэм, уэлэхьи, куэди хуащIам, жаIэ-жамыIэми.
Куэд щIакъым Мейкъуапэ дызэрыкIуэрэ, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и зэхуэс щыIэу. Зыгуэрым къыхилъхьащ цIыху мини 100-м я Iэ щIэлъу тхылъ УФ-м и Президент Путин Владимир деж ирагъэхьыну, Сирием щыпсэу адыгэхэм зыгуэркIэ дэIэпыкъуным ехьэлIауэ. Абы зыгуэр къикIыну дыщыгугъынщ.
Зытхыжар ИСТЭПАН Залинэщ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29090.txt"
} |
НэгъуэщIхэм затедгъэхьэлъэнтэкъым
Хэкужьым зи псэр къэзыхьыжу Крем-Константиновскэ къуажэр щхьэегъэзыпIэ зыщIахэу Аслъэныкъуэ Ясер, ХьэпащIэ Алий, Санэ Нидал сымэ зэпэжыжьэкъым, зы хьэблэ цIыкIуу зэхэсу жыпIэ хъунущ.
Аслъэныкъуэ Ясер и унагъуэр и гъусэу. Сурэтхэр МАМИЙ Руслан трихащ. — Си щIалэгъуэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым сыщеджащ, инженер-ухуакIуэ IэщIагъэр сиIэщ, Дамаск згъэзэжа нэужьи, абы срилэжьащ, жеIэ Ясер. — ДыкъэкIуэжыпэн мурадыр диIэу, а Iуэхум Iэджэрэ дытепсэлъыхьырт, ауэ тхылъхэр тхузэхуэмыгъэхъуурэ зэманышхуэ дэкIащ. Иджы къытщыщIар фолъагъу: и бийхэр ежауэ Сириер зэтракъутэ, адыгэ лажьэншэ куэд хокIуадэ.
Дунейпсо Адыгэ Хасэмрэ «Пэрыт» жылагъуэ зэгухьэныгъэмрэ Тхьэр арэзы къахухъу, мафIэ лыгъэм дыкъыхашри, егъэзыпIэ къыдатащ. ДызэрытIысхьа лъапсэхэм щIапIэшхуэ илъщ, зехьэ закъуэ, ауэ псэуалъэхэр жьы хъуащ, зэкIэлъымыкIуэщи, ди къарукIэ тхузэгъэпэщыжынукъым. Сом дбгъэдэмылъыжу къэдгъэзэжащ, дыкъызэрыкIуэжрэ мазипщI мэхъури, си щхьэгъусэми сэри лэжьапIэ дгъуэтыркъым, зыр школ ныбжьым иту, адрейр нэхъыщIэу бынитI къэтIэтын хуейщ.
Аслъэныкъуэ Ясер зыгъэпIейтейр гурыIуэгъуэщ. ПщIантIэр, абы дэт псэуалъэхэр зэгъэпэщыжын, зыщIэс пэшхэр зехьэн хуейщ. УнэлъащIэхэр, нэгъуэщI унагъуэ хьэпшыпхэр яIэкъым.
— Къэралыр, зыхулъэкI цIыхухэр къыддэIэпыкъурэ зэкIэ ди Iуэхур зэтрагъэувамэ, IэнатIэ гуэрхэри къэдгъуэтынт, хадэми дилэжьыхьынт, нэгъуэщIхэм затедгъэ- хьэлъэнтэкъым. Иджыри къэсыху къытхуащIа къудейм щхьэкIэ псоми фIыщIэ яхудощI, — къыджиIащ Ясер.
Аруан Алий.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29092.txt"
} |
Ноби къыддоIэпыкъу
САНЭ Нидал гъуэгуухуэщ, лэжьыгъэм хуэIэижь IэщIагъэлIщ. И куэбжэм дыщыIухьам, пщIантIэм щыпэщащэрт, ар зэлъыIуихырт, теплъафIэ ищIырт.
Санэ Нидал — Илъэс мэхъу мыбыкIэ къызэрыдгъазэрэ. Си щхьэгъусэ Кхъуэныхь Силвиерэ хъыджэбз цIыкIуитIымрэ сщIыгъуу, Налшык и зыгъэпсэхупIэхэм ящыщ зым дыщопсэу. Иджыри къэсыху хъарзынэу зыкъытщIагъэкъуащ, ноби къыддоIэпыкъу. Я щхьэ дезылъытхэм я фIыгъэкIэ, мыпхуэдэ хэкIыпIэ къыщытхуагъэлъагъуэм, пIалъэ къыхэдмыгъэкIыу мы жылэр къыхэт- хащ. ПсэупIэр зыхуей хузогъазэ, гъэмахуэ зэманым къриубыдэу дызыщIэсынур хьэзыр схуэщIмэ, унагъуэр къэсшэжынущ, — къыддогуашэ и мурадхэмкIэ Нидал. — ЩIапIэр инщ, хадэшхуэ илъщ, тэмэму зетхьэмэ, дыкъуэлIыкIынкъым. КъэкIуэж псоми хуэдэу, нэхъыбэу дызыгъэпIейтейр дызэрыахъшэншэрщ. УнэлъащIэ дэнэ къэна, шэнт къызэрыгуэкI къызэрытщэхун дбгъэдэлъкъым. Мы зэкIэ Налшык лэжьыгъэ гуэрхэр пIалъэкIэ щызогъуэт. Ди пIэм дизагъэмэ, IэнатIэ тэмэм къэслъыхъуэнущ. Республикэр, хэкурысхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэр, зэрыхъукIэ къыддоIэпыкъу. Абыхэм фIыщIэ яхудощI, ауэ мы дызыхэт гугъуехь инхэр иджыри къэрал Iуэху хъуакъым. Ар яхупхыгъэкIатэмэ, къалэнышхуэ яхузэфIэхынут, — къытхуеIуатэ Нидал.
Крем-Константиновскэ къуажэр район центрым — Бахъсэн къалэм зэрыпэжыжьэр километр 18-щ. Езыр жылэ зэщIэкъуащ, еджапIэ, сабий гъэсапIэ, социальнэ, щэнхабзэ, узыншагъэм щыкIэлъыплъ IуэхущIапIэхэр, тыкуэнхэр, мэкъумэш предприятэ дэтщ. Бахъсэн къалэр цIыкIукъым икIи IэнатIэ хуитхэр щымащIэкъым. УнэгъащIэхэм абы лэжьапIэ къыщалъыхъуэ хъунущ.
КIЭФО Инал.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29098.txt"
} |
Улахуэр ягъэгувэ
Зэщхьэгъусэхэу ХьэпащIэ Алийрэ Багъ Риммэрэ илъэс и пэкIэ Щам къалэм къикIыжащ, Долинск щыIэ зыгъэпсэхупIэм щыпсэуащ, иджы Крем-Константиновскэ къуажэм Iэпхъуащ.
Багъ Риммэрэ и къуэ Резуанрэ. абыхэм йопсалъэ журналист Хьэжыкъарэ Алик. — Сирием щекIуэкI зауэ лыгъэм ди щхьэр къызэрыхэтхыфар насыпышхуэу къыдолъытэ. Мылъкуу, нэгъуэщIу диIа псори абы хэкIуэдами, гузэвэгъуэ Iэджэм дыхэтами, нэплъэжыгъуэ дгъуэтыжащ, ди псэхэр тыншыжащ. ДыкъыздэIэпхъуа лъапсэм зыкIи зытедгъэгусэркъым. Ауэ ар зыхуей хуэдгъэзэн щхьэкIэ къаруушхуэ етхьэлIэн хуейщ. Псыкъуий диIэщ, ауэ унэм газ екIуалIэркъым. Езы псэупIэр теплъаджэ хъуащи, къэдмыгъэщIэрэщIэжу хъунукъым, пщIантIэми дэщIыхьыпхъэхэр мащIэкъым. А псоми мылъку хуейщ, ар дэ диIэкъым, — жеIэ Риммэ. — Дытхьэусыхэу аракъым, нобэр къыздэсым къыддэIэпыкъухэм я фIыщIэри дгъэкIуэдыркъым, ауэ нэгъуэщIхэм уащыгугъыу игъащIэкIэ узэрымыпсэуфынур зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым.
И щхьэгъусэ Алий а махуэм дыхуэзакъым — лэжьапIэм щыIэт. Риммэ къызэрыджиIамкIэ, мазиплI и пэкIэ къуажэм щызэхэт мэкъумэш IуэхущIапIэм къащтами, улахуэр ягъэгувэ, а зэманым къриубыдэу зыри къратакъым. Хадэшхуэ яIэщ, сотых 30 мэхъу, щIыр берычэтщи, сыт хуэдэ къэкIыгъэри хъарзынэу щохъу.
— Ди къуэ Резуан етхуанэ классым кIуэнущи, абы и тхылъхэр догъэхьэзыр, сэри IэнатIэ къызэрызгъуэтыным я ужь ситщ. Республикэм и унафэщIхэмрэ Адыгэ Хасэмрэ къызэрыткъуэтыр дощIэри, ди гур кIуэдыркъым. Мылъку гуэр къуэлъу къэзыгъэзэжыфым и Iуэхур щхьэхуэщ, ауэ дэ тхуэдэу ириубыдылIахэм зэуIуу зыкъытщIагъакъуэрэ нобэрей щытыкIэм дыкърашатэм, адэкIэ дызэгугъужынт, къэралми, цIыхухэми затедгъэхьэлъэнтэкъым,- къытхуеIуатэ зыгъэпIейтейр Риммэ.
Къалэжьокъуэ Тембот.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29100.txt"
} |
Тхылъхэр зэхуэгъэкIуэныр зэрыгугъум куэдым я гугъэр къызэпеуд
ИлъэситI и пэкIэ Сирие Хьэрып Республикэм къыщыхъуа политикэ зэпэщIэувэныгъэр зыхуэкIуэжа граждан зауэм абы щыпсэу ди хэкуэгъухэр бэлыхьым хидзащ. Ди лъэпкъэгъу лажьэншэхэр хокIуадэ, мин бжыгъэхэм леишхуэ къатохьэ. Зэрыхуа щытыкIэ хьэлъэм адэжь хэкум къэкIуэжыну ирехулIэ. МафIэ лыгъэр къызэрылыд лъандэрэ къэзыгъэзэжыфар цIыху 500-м нэблагъэщ. Къэбэрдей-Балъкъэрыр къыхэзыххэм Налшык и Долинск щIыпIэ дахэм и зыгъэпсэхупIэхэм увыIэпIэ щагъуэт. Дауи, абыкIэ зэфIэкIыркъым — къытлъихьэжа унагъуэхэр щхьэхуэу гъэтIысыжын хуейщ. А къалэн гугъур икIи жэуаплыныгъэ зыпылъыр зэфIэха зэрыхъур зэдгъэщIэну Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Крем-Константиновскэ къуажэм дэ зыщыхуэдгъэзащ а щIыпIэр псэупIэу къыхэзыха СтIащ Сабри. Ар Джолан щыIэ КъунейтIрэ къалэм къыщалъхуащ. 1967 гъэм екIуэкIа Журт-хьэрып зауэм и зэранкIэ, я унагъуэр Дамаск Iэпхъуэжащ, абы щеджащ, дзэм къулыкъу щищIащ. Щхьэгъусэрэ бынитIрэ иIэщ.
— Сабри, Бахъсэн щIыналъэр щхьэ нэхъ къыхэпха?
— ЗэманыфI и пэкIэ Тыркум къиIэпхъукIыжа IутIыж Мэжид ифI куэд къыдэкIащ. Лъапсэ дахэ иухуауэ, Крем-Константиновскэ къуажэм щопсэу, гууз-лыуз зиIэ цIыху жыджэрщ. Сириер мафIэ лыгъэм зэрыхадзам, а зауэ гущIэгъуншэм ди къуэш лажьэншэхэр зэрыхисхьэм хуабжьу егъэгумащIэ, егъэпIейтей, хэкужьым зи псэр къэзыхьыжхэм зыгуэркIэ защIэзгъэкъуарэт жиIэ зэпытщ. Абы и жэрдэмкIэ, мы щIыпIэм унагъуитху дыщетIысэхащ, иджыри апхуэдизым псэупIэ къащыхуигъуэтащи, кърекIуэ, щрепсэу.
— Я лъапсэр, игъащIэ лъандэрэ зэхуахьэса я мылъкур къагъанэу мафIэ лыгъэм зи щхьэр къыхэзыхахэр, шэч хэмылъу, Iэджэм хуэныкъуэщ. Дауи, псом япэр егъэзыпIэрщ. ПсэупIэ гуэр щагъуэтакIэ, хуэм-хуэмурэ я гъащIэр зэтеувэжынщ. Ауэ, унагъуэ щыхъукIэ, нобэ зыхэпсэукIыни хуейщ.
— Сэ къызэрыслъытэмкIэ, къэзыгъэзэжхэр дэ тхуэдэу къуажэхэм дэтIысхьэмэ, куэдкIэ нэхъыфIщ. Нэхъ тыншу псэунущ, гъунэгъуфIхэр яIэнущ, щIыпIэ администрацэмрэ жылэм дэсхэмрэ зыкъыщIагъэкъуэнущ. Зи псэр къэзыхьыжахэм гущIэгъуи, гулъыти яхуэфащэщ. Дэ зыхэтщIэн хуейщ щIыбагъ дызэриIэр, утыкум дыкъызэримынэнур, къыддэIэпыкъуну зэрыхьэзырыр. Зауэ гузэвэгъуэм къыхэкIахэм, къекIэрэхъуэкIыу адэжь щIыналъэм къэзыгъэзэжахэм мылъку гуэри ябгъэдэлъкъым, абы къыхэкIыу, мастэпэм деж щегъэжьауэ, сыт хуэдэ гулъытэри ди дежкIэ лъапIэщ. Къэралым, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм, хьэрычэтыщIэхэм, зыхузэфIэкI цIыхухэм, зэрыхъукIэ зыкъытщIагъакъуэри, ди хэкум лей къызэрыщыттемыхьэнур, къызэрыщытщхьэщыжынур ди фIэщ мэхъу. Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм и комиссэ щхьэхуэр ди Iуэхур зэрекIуэкIым кIэлъоплъ, ар нэхъ псынщIэу зэрагъэкIуэтэным йолэжь.
— ДызэрыщыгъуазэмкIэ, Сабри, хэкужьым фыкъэкIуэжыну куэд щIауэ фыщIэхъуэпсырт. Сириер зыхадза бэлыхьым ар щIигъэпсынщIауэ ара, фи мурадыр нэхъапэхэм щхьэ къывэмыхъулIарэ?
— Щхьэусыгъуэр куэдт. ДызэрыцIыкIурэ Кавказыр ди плъапIэми, Iуэхур зэхуэмыхъуурэ къекIуэкIащ. Пщэрылъ къытщащIри, илъэситI и пэкIэ дыкърагъэжьауэ щытащ. Абы щыгъуэ дэ дахуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен, Дунейпсо, Къэбэрдей Адыгэ Хасэхэм я тхьэмадэхэу Ажахъуэ Къанщобийрэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ, Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым я унафэщIхэм икIи Сирием ис адыгэхэм ящыщу куэдым къагъэзэжыну зэрыхуейр яжетIащ. «ФыкъэкIуэжмэ, фыщыдгъэтIысынщ», — жиIэри, Къанокъуэ Арсен щIыпIих къытхуигъэлъэгъуауэ щытащ. Тхылъхэр тхузэфIэмыгъэхьэурэ зауэм щIидзэри, щытыкIэр хьэлъэ дыдэ хъуащ. Дамаск щыщу къэкIуа псоми зэрыщыпсэуну тхылъхэр мыбы тыншу къащыхудэхыжыркъым, А щхьэусыгъуэхэм къыхэкIыу, си унагъуэр иджыри къысхуэшэжакъым.
— Фызэрыгъуэтыжмэ, фыщыпсэунур мы къуажэра?
— НтIэ. Зы дыхъужмэ, Тхьэм жиIэмэ, Крем-Константиновскэм дыщетIысэхынущ.
— ДяпэкIэ къэралым сыткIэ фыщыгугърэ?
— Мыр ди адэжь хэкущ. Сирием адыгэу исым я нэхъыбэр къэкIуэжыну я нэр къокI. Ауэ тхылъхэр зэхуэгъэкIуэныр зэрыгугъум куэдым я гугъэр къызэпеуд. Урысейм дрицIыхуу дыкъалъытэр пэжмэ, адыгэхэмрэ хамэ къэралхэм къикI хьэрыпхэмрэ дызэхуагъэдэн хуейкъым. Визэ Iуэхур нэхъапэм куэдкIэ нэхъ тыншу щытащ. Иджы ар ягъэткIиящи, гугъуехь инхэр къешэ. Республикэм и унафэщIхэм долъэIу а лъэпощхьэпохэр Iухыным е гъэмэщIэным хэкIыпIэ къыхуагъуэтыну. АбыкIэ дащогугъ.
— Упсэу, Сабри, фыщытIыса щIыпIэм унагъуэ быдэ фыщыхъуну, фыщефIэкIуэну ди гуапэщ.
Епсэлъар Хьэжыкъарэ Аликщ.
Бахъсэн щIыналъэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29104.txt"
} |
Къуэшыркъуей
Сыкъызэрыжэпхърэ, си хэкужьыр си хъуэпсапIэт
Иджыблагъэ «Адыгэ псалъэ» газетым и хьэщIэщым къригъэблэгъат Сирие Хьэрып Республикэм илъэс и пэкIэ къиIэпхъукIыжа ди лъэпкъэгъу Пэунэж Яшар.
Пэунэж Яшар Урыс-Кавказ зауэм щыгъуэ хэкур зрагъэбгынахэм ящыщщ Яшар и адэжьхэр. Пэунэж Щэмел — арат зэреджэр Яшар и адэшхуэм, Кавказым икIам. Яшар юрист IэщIагъэм хуеджащ. ИужькIэ Полицэ академиер къиухри, хабзэхъумэхэм илъэс 20-кIэ яхэтащ, полковник хъуауэ къулыкъум къыхэкIыжащ. Хэкум къэкIуэжын и пэ уэчылу лэжьащ.
— Хэкум къэвгъэзэжын мурад фиIэт, Iэмалыншагъэ мыхъуамэ?
— Зауэр къэмыхъей щIыкIэ дигу къэкIащ къэдгъэзэжыну. 2002 гъэм полицэм сыкъыщIыхэкIыжар адэжь щIыналъэм сыкъэкIуэжыну арат. А илъэс дыдэм и мэкъуауэгъуэм Налшык сыкъэкIуащ. МазитI сыщыIэри, Щам згъэзэжащ нэхъыфIу зыхуэзгъэхьэзыру Къэбэрдейм сыкъэIэпхъуэжын папщIэ…
— Къэбэрдейр фи нэгу къызэрыщIыхьэу щытамрэ къызэрыфлъэгъуамрэ зэщхьэщыкIыныгъэшхуэ яIэ?
— Дэ зэхэтхырт хэкур зэрыдахэр. Ауэ ар жаIэ къудейкIэ, зыхуэдэр пщIэнутэкъым. Кавказым и мэзхэм, псыежэххэм, жьыбгъэ къабзэм, — псори жэнэтым хуэдэщ, цIыхуу исми уи псэр дахьэх. Къыхэзгъэщыну сыхуейщ: ди хэкур мывалъэу щытами, дэ тфIэдэхэнут. Сыту жыпIэмэ, ар ди адэжь щIыналъэщи. «Жэнэтым цIыху имысмэ, уисыфынукъым», — жаIэ. Ди щIыпIэм щыпсэу цIыхухэращ хэкур нэхъри зыгъэдахэр. Ди бынхэри апхуэдэ гупсысэщ зэдгъэдэIуар. Сэ хэкум хузиIэ щытыкIэм хуэдэ дыдэу схужыIэнукъым, ауэ си щIалэхэми, къуэрылъхухэми зыпащIын щымыIэу адыгэ фащэр, адыгэшыр, джэгур, макъамэхэр ягу зэрырихьым сыщыгъуазэщ. Ар ди лъым хэтщ.
Iуэху и лъэныкъуэкIэ жыпIэмэ, ди тхылъхэм я зегъэкIуэныр гугъу демыхьу зэфIэха хъуащ. Нэхъ къииныр къэрал IуэхущIапIэ куэдым дызэрекIуалIэрт.
— ПсэукIэр дауэрэ зэтевублэрэ? Дауи, абы гугъуехь куэд пыщIащ. Ахэр зэфIэха зэрыхъуным теухуауэ уи гупсысэр къэсщIэну сыхуейт.
— НобэкIэ къэзыгъэзэжыну зи мурадыр куэд мэхъу. Абыхэм я Iуэху зэфIэкIынукъым фIы, псапэ зыщIэ цIыхухэм я закъуэкIэ. Ар къэрал Iуэху хъун хуейщ. Адыгэхэр Урысей къэралыгъуэм дызэрыщыщым дэ шэч къытетхьэркъым. Апхуэдэу егупсысын хуейщ ди къэралри. 2010 гъэм къыдэкIыжащ Федеральнэ закон №99-р. Абы и япэрей статьям и 3-нэ пычыгъуэм, ещанэрей статьям и 2-нэ пычыгъуэм щыгъэнэIуащ урысей лъэпкъхэм ящыщу хэхэсу псэухэм зэрадэIэпыкъуну щIыкIэр. Апхуэдэ закон щыщыIэкIэ, дэ дызэгупсысыр мыращ: Урысейм хыхьэ Кавказым и лъэпкъыу адыгэхэр щалъытэкIэ, хэхэс адыгэхэри абы къыгуэхыпIэ имыIэу хеубыдэ. Сыту жыпIэмэ, хэхэс адыгэхэм лъэпкъым и тхыдэр, и бзэр яхъумэжащ. А псом ялейуэ, гурэ псэкIэ Кавказым пыщIахэщ. Дэ дэнэ дыщыIэми, мы Кавказым, Урысейм дыщыщщ. ДызыщыщIэр паспорт закъуэращ. Ар димыIэми, мыбы исхэм нэхърэ нэхъыфIу хэкур дымылъагъумэ, нэхъыкIэу тлъагъуркъым. Хэкум фIы къехъулIэмэ дызэригуапэри, Iей къыщыщIмэ дызэрижагъуэри, абы лей къытехьэмэ, тхъумэн папщIэ ди псэр ттыну дызэрыхьэзырри жытIэфынущ. Дэ тщыщ дэтхэнэми апхуэдэущ Хэкур зэрызыхищIэр. 2011 гъэм накъыгъэм и 25-м къыдэкIащ №678 Указыр. Абы ипкъ иткIэ, фонд къызэрагъэпэщащ мы къэралым и цIыху хэхэсу дэнэкIи щыIэр яхъумэну я къалэну. А фондым зэфIэкIышхуэрэ мылъкурэ иIэщ. Апхуэдэу щыщыткIэ, Сирием щекIуэкI зауэм щыкIуэд ди лъэпкъэгъу тхьэмыщкIэхэм МЧС-р ядэIэпыкъупхъэт. Пэжщ, мы Iуэхум УФ-м и къэрал щIыб политикэри хэлъщ. А политикэмрэ дэ жытIэхэмрэ зэмызэгъынкIи мэхъу. Ари дэ къыдгуроIуэ. АбхъазымкIэ уплъэмэ, абыхэм Сирием кхъухьлъатэ ягъакIуэри я лъэпкъэгъухэр къашэж, псэупIэ ират, лэжьыгъэ IэнатIэкIэ ядоIэпыкъу. Урысейм и дамэ кIапэм щIэт а къэрал цIыкIунитIэм ар хузэфIокI. Ди нэхъыжьхэм куэдрэ жаIэу зэхэтхырт: «Урысей пащтыхьым и зэран зы щхьэц налъэкIэ къыдэкIамэ, ар пщIыкIэ гъэбэгъуауэщ Тыркум и зэрану къыдэкIар». Апхуэдэу щыт пэтми, нобэ Тыркум дэтлъагъур сыт? Хасэхэр и жьауэм щIэт хуэдэурэ, Тырку къэралыгъуэр ядоIэпыкъу къулейсызыгъэм хэхуахэм. Езы къэралым зыкъыхимыгъэщу ядрегъэIэпыкъу нобэ гузэвэгъуэм хэт ди лъэпкъэгъухэм.
Ди гуныкъуэгъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ псэупIэ тхуэхъунур. Унагъуэ зыбжанэ республикэм и куей зэмылIэужьыгъуэхэм ягъэIэпхъуащ, унэ иратащ, зэман гуэркIэ и уасэр япшыныжыну. А Iуэхум сызэрегупсысыр мыпхуэдэущ: зи уасэр спшыныжыну унэр, сэ сымылъагъуу, си унафи си гупсыси хэмылъу къызатын хуей? ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий мызэ-мытIэу къэпсалъэу зэхэтхащ а Iуэхум теухуауэ, абы жиIахэр нахуапIэ хъуатэмэ, ди гуапэ хъунут. Ар зытеухуаращ: псэупIэхэр щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм къыщащэхуу щхьэж и благъэ зыдэс е лэжьапIэ IэнатIэкIэ и Iуэху нэхъ щыдэкIынур хуагъэлъэгъуэну, унагъуэ къэс нэхъ къищтэ щIыпIэр къыхрагъэхыну.
— Иджыри сытым фигъэпIейтейрэ?
— Сыт хуэдизу цIыхухэр гуапэу къытхущымытми, адэкIэ дыпсэун щхьэкIэ, дылэжьэн хуейщ. Уэри зэрыпщIэщи, унагъуэм зы цIыху лажьэкIэ хуэгъэпсэунукъым абы цIыхуу щIэсыр. Аращи, псори лэжьыгъэ хуейщ адрейхэм ират улахуэм хуэдэ къыпэкIуэу. Адыгэм жеIэ: «ЛIэнум зыгъэлIэн ешх». ЦIыхум унэ кърата щхьэкIэ зыхуей игъуэтынукъым, зауэр щекIуэкIым игъэзэжын хуей хъунущ.
— КъимыкIыфу Сирием къина адыгэхэм нобэкIэ я псэукIэм фыщыгъуазэ?
— Дэ бэлыхь мыухыж дыхэтщ дунейм дыкъызэрытехъуэрэ, сэ зэрысщIэжрэ апхуэдэщ. Ди адэшхуэхэр хэкум зэрикIрэ гугъэн-дыгъэным щыщIакъым. Тхыдэм уриплъэжмэ, зауэм хэхэс гъащIэр дыдж ящищIу къекIуэкIащ. Лъэпкъ кIуэд, унагъуэ кIуэдыр къахуэкIуэм зызытрагъэпсыхьыжурэ, иджы къэсащ. «Щхьэр псэумэ, пыIэ щыщIэркъым», — жаIэ. къызэфIэувэжащ хуэм-хуэмурэ. Адыгэр псэемыблэжщ, лIыгъэ хэлъщ. Аращ мо хьэрыпу дызыхэсми фIыуэ дыкъыщIалъагъур. Иджы сыт я Iуэху зытетыр абы къинахэм? Япэрауэ, зыгуэр уIэгъэ е сымыджэ хъуакIэ, хущхъуэрэ дохутыррэ ягъуэтыркъым. Нэху ягъэблэну уэздыгъэ яIэкъым, газ, псы щыIэкъым. Ахэр псори зы жэщ-махуэм сыхьэткIэ, сыхьэтитIкIэ кърату аращ. Шхыным и уасэм пщIыкIэ хэхъуащ. Ущылэжьэн щыIэжкъым. ЩIакхъуэхьэ дэкIам, къимыгъэзэжынкIэ мэхъу: е шэм пэщIэхуэнущ, е Iэщэ IэщIалъхьэнурэ зауэм Iуагъэхьэнущ. Мис апхуэдэ гузэвэгъуэм хэт ди лъэпкъэгъухэри мыдэкIэ щыIэхэри догугъэ Урысейм лъэбакъуэ ичу и цIыхухэр ихъумэжыну.
Епсэлъар ЩОДЖЭН Iэминатщ.
Благовещенкэ
ДызэрыцIыхужу аращ
Дызэрыщыгъуазэщи, иужьрей илъэс-илъэситIым къриубыдэу Сирие къэралыгъуэм адыгэ куэд къиIэпхъукIыжащ. Абыхэм ящыщу цIыху мин ныкъуэм нэблагъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым къагъэзэжащ. А Iуэхум дяпэкIэ кIуэ пэтми нэхъ зиубгъуну хуагъэфащэ.
Къумахуэ Аслъэн, СтIащ Исам, Аулъэ Линэ сымэ. КъыфхузоIуэтэж Благовещенкэ щызэхэтхамрэ щытлъэгъуамрэ.
СтIащ Исам ди хьэтыр къилъагъури, езым я гъунэгъуу щыс Гъыш Ануархэ я деж дишащ. Илъэс 69-рэ зи ныбжь лIым бжьыфIагъэу къыбгъэдэкIыр зыхуэдизыр дымыгъэщIэгъуэн тхузэфIэкIакъым. Ар къызэрыддекIуэкI щэным лъабжьэу хуэхъужри адыгагъэрат, абы къызэщIиубыдэу цIыхум хэлъын хуей хьэлхэм ящыщу зэпIэзэрытыгъэ, нэшхуэгушхуагъэ, нэщхъыфIагъэ хуэдэхэрат.
Махуэ хуабэ «цIывыгъуэм» жьы нэхъ къыщытщIихункъэ жытIэри, жыгышхуэ щIагъым псори дыщIэтIысхьащ. ЛIиплIыр, зэми тIурытI зитщIыкIыурэ зэми дызэхыхьэжурэ, дызэпсалъэрт. Гъыш Ануар гугъэзэгъэгъуэ гуэр аддэ куууэ къызэрыпкърыкIым гу лъумытэнкIэ Iэмал иIэтэкъым. А щэным дитхьэкъуарэ уэршэрыным дыдихьэхауэ дыздэщысым, Ануар къедгъэIуэтэжащ щалъхуа къуажэр Джолан лъагапIэхэм щыщыпсэуам адыгэхэм яIа псэукIэр зыхуэдар, иужькIэ Дамаск пэгъунэгъуу щетIысэхам я щхьэ кърикIуам теухуа хъыбархэр. Ауэ а псом я нэхъыщхьэжу, Ануар и гукъэкIыжхэм дэ нэхъыщхьэу зы хэтлъэгъуащ. Ар лъэпкъым, дэнэ къыщыщIимыдзами, хэлъ адыгагъэр зэрызыфIимыгъэкIуэдыным яужь зэритарщ, абы къызэщIиубыдэ хьэл-щэн нэхъыщхьэхэм сытым дежи пщIэ хуащIу цIыхухэр къызэрыгъуэгурыкIуарщ.
— Ануар, уэра иджыпсту Благовещенкэ нэхъыжь дыдэу дэсыр? — жытIэу дыщеупщIым, Гъышым къыджиIащ:
— Уэтей ФуIэд и ныбжьыр илъэс 85-рэ ирокъу. Ар иджыпсту Налшык щыIэми, куэд дэмыкIыу мы къуажэм къыдэтIысхьэжынущ. Тхьэм жиIэмэ, ар ди нэхъыжьынущ.
Гъыш Ануар и пхъурылъхухэм ябгъэдэсщ. СтIащ Исам и щхьэгъусэ Аулъэ Линэ журналистхэм къыдэчэнджэщащ Благовещенкэм дэс адыгэхэр а къуажэм дяпэкIэ «Дыщэ хьэблэкIэ» еджэ хъуну пIэрэ жиIэри. ЗэкIэ жетIэфынур арати, ар къэрал унафэу щытын зэрыхуейр къыгурыдгъэIуащ.
ДызэрегупсысымкIэ, урыс къуажэм дагъэтIысхьэжа адыгэхэм я гур мыкIуэдын папщIэ абыхэм щIэх-щIэхыурэ яхуэзапхъэщ. АбыкIэ сэбэп хъуфынут а къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм хэт тхылъ хъумапIэм (библиотекэм) щылажьэ Джэш ФатIимэ.
КъищынэмыщIауэ, Хэкури лъэпкъри къазэрыхуэныкъуэр Сирием къикIыжахэм зыхащIэн папщIэ, Алътуд, Къэрэгъэш адыгэ къуажэхэм щыпсэухэм ахэр Iуэхугъуэ гуэрхэм ирагъэблагъэмэ тэмэмт. Апхуэдэуи республикэм щрагъэкIуэкI щIалэгъуалэ, псапащIэ Iуэхугъуэхэм Сирием къикIыжа адыгэхэри хэшэн хуейщ. АбыкIэ сэбэп хъуфыну IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэм ар ягу къэкIамэ арат.
Гъыш Ануар Хэкужьым къызэритIысхьэжрэ илъэс ирикъуми аращ. А лIы бжьыфIэм абазэхэ, къэбэрдей псэлъэкIэхэр тыншу зэрыздригъэкIур згъэщIэгъуати:
— Сэ си дежкIэ зэхэдз щыIэкъым: шапсыгъри, бжьэдыгъури, къэбэрдейри, дэнэкIэ щыIэ адыгэри сэркIэ зыщ — адыгэщ, — жиIащ абы.
Гъышхэ я деж щызэхуэса гупым Сирием щIэх-щIэхыурэ узыщрихьэлIэу щыта нэгъуэщI зы телъыджагъэ гуэри ягу къагъэкIыжащ: ар хьэрыпхэми адыгэбзэр фIыуэ зыгъэшэрыуэ къахэкIыу зэрыщытарщ.
СтIащ Исам икъукIэ сэбэп къытхуэхъуащ Гъыш Ануар дыщепсалъэми, къуажэкIэм щитIысыкIа ЛIымахуэ-Сыжажэ зэщхьэгъусэхэм дащригъэцIыхуми. «Япэ дыдэрауэ сыт нэхъ фызыхуэныкъуэр?», — жытIэу унагъуитIми дащеупщIым, Исамщ абыхэм я цIэкIэ жэуап къыдэзытыжар. Ар зыщIэлъэIуар къызыхыхьэжахэм къатемыхьэлъэну къилъытэхэращ: языныкъуэ унагъуэхэм тIуащIэ-щащIэу яIэ хъуа икIи зэрамыпэсыж е зэрамыхьэж хьэпшыпхэрщ. Дэ гу зэрылъыттамкIэ, дызихьэщIахэр хуэныкъуэщ шэнтым деж щыщIэдзауэ ерыскъыр щахъумэ щIыIалъэ, хьэкъущыкъу хуэдэхэм, хадэм зэрелэжь Iэмэпсымэ, нэгъуэщI-къинэмыщI Iэджэми.
Ауэ Гъышыр къызэщIэнащ:
— Дауэ дызэрылъэIуэнур? жиIащ. ДоукIытэ. Адыгэм игъащIэми апхуэдэ щэн тхэлъакъым. Сэ куэдрэ си нэгу къыщIоувэж Джолан дыщисым лъэпкъым тщыщ тхьэмыщкIэ гуэр адыгэхэм зэрахьэу щыта шхапIэ-зэхуэсыпIэхэм я деж къыIуувэу зэрыщытар. Здэщытым къратIамэ, и Iыхьэт, армыхъуамэ, абы и Iэгу ущIауэ дэ зэи тлъэгъуакъым. Адыгэм хуашийр къаIихырт, хьэрыпхэм кърат къищтэнутэкъым.
Мис апхуэдэ хъыбархэр къыдэтхащ дыздэщыIа жылэм.
КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Анзорей
Гугъэм гъащIэр дощIэращIэ
Сирием къиIэпхъукIыжа унагъуэ зыбжанэ Лэскэн куейм хыхьэ Анзорей, Ерокъуэ къуажэхэм дэсщ. Абыхэм я Iуэху зыIутыр зэдгъэщIэн мурадкIэ ди лъэпкъэгъухэм далъыгъуэзащ.
СтIащ Мариам ипхъу цIыкIур и гъусэу. Япэу дызэкIуэлIар ХьэпащIэ Тамбийрэ СтIащ Мариамрэ я унагъуэрщ. Псэуалъэр яхэтщ Анзорей къуажэм мэз-губгъуэ лъэныкъуэмкIэ гъэза и уэрамыбгъум щаухуа унэщIэхэм.
Унэм щIэсу дызрихьэлIар нысащIэмрэ зэлIзэфызым япхъу цIыкIумрэт. ГуфIэжу къытпежьа зэанэзэпхъум ди лэжьэгъу Къалмыкъ Аднан дыкъыщIежьа Iуэхур адыгэбзэкIэ гуригъаIуэу щыхуежьэм, бысымхэм анэдэлъхубзэр къагурымыIуэу къыщIэкIащ.
ХэкIыпIэу щыIэр арати, Аднан хьэрыпыбзэкIэ епсалъэурэ жаIэр схузэридзэкIыжащ. Мариам щыгъуазэ дызэрищIамкIэ, и щхьэгъусэр Налшык махуэ къэс кIуэ-къэкIуэжу щолажьэ. Езыр иджыпсту унэм дэсщ, Дамаск дэт къэрал университетым инджылызыбзэм зэрыщыхуеджар, абы иужькIэ зэдзэкIакIуэу зэрылэжьар къыджиIащ.
— Анзорей фыкъызэрыдэтIысхьэжам сыт хуэдэ фIыгъуэ хэфлъагъуэрэ, — щыжытIэм, нысащIэм жэуап къыдитащ: «Налшык нэхъ пэгъунэгъущ (къэIэпхъуэжахэм ящыщу адрейхэр зыдагъэтIысхьэжа къуажэхэм нэхърэ), узэрызэхэзекIуэн транспорткIэ зэгъэпэщащ, сыхьэт ныкъуэм и кIуэцIкIэ къалащхьэм унос, езы жылэм дэсхэр адыгэщ, цIыху гуапэхэщ».
Мариам зэрыжиIэмкIэ, зыщIагъэтIысхьа унэмкIэ арэзыщ. Ар къаIэрыхьэнымкIэ «Пэрыт» хасэр дэIэпыкъуэгъу къазэрыхуэхъуар, адрейхэми хуэдэу, зы илъэс дэкIмэ, унэм и пщIэр иратыжу щIадзэну зэрыарар къыджиIащ унэгуащэм.
Тхыгъэри сурэтри КЪУМАХУЭ Аслъэн ейщ.
Адыгэхэм къытхужаIахэр
И щхьэм и хуитыныгъэм зыри пищIыркъым адыгэм, лей кIэлъызумыхьэмэ, сабийм хуэдэу жыIэдаIуэщ, ухуэткIийми, ухэзэгъэнущ, уемыкъуэншэкI закъуэ, — ар къыпхуидэнукъым. И лIыгъэ тепсэлъыхь хабзэкъым адыгэр, и щхьэ щытхъужынукъым, ауэ нэгъуэщIым лIыгъэ зэрихьамэ, абы щытхъункIэ зигъэнщIынукъым.
Лапинский Теофил.
Зауэм щыIухьэкIэ, адыгэм и Iэщэ-фащэ нэхъыфI дыдэмкIэ зызэщIеузадэ. И Iэщэрэ и фащэкIэ ар лъэпкъ куэдым къахощ, Азием дэнэ къэна, Европэми щыслъэгъуакъым шэрджэсым и Iэщэмрэ и фащэмрэ нэхъ дахэрэ нэхъ Iэрыхуэрэ.
Хъан-Джэрий СулътIан.
Иналрэ Симазэрэ я Дыщэ хьэблэр
Благовещенкэ урыс къуажэм (Сирием къикIыжа адыгэхэр зэреджэр «Дыщэ хьэблэщ») дэтIысхьэжа зэщхьэгъусэхэу ЛIымахуэ Иналрэ Сыжажэ Симазэрэ я деж дыщыкIуам, абы щыIэт Инал и къуэш нэхъыжь Нартрэ Симазэ и адэ шыпхъум и къуэ ЛъэнкIэпIашэ Джылъахъстэнрэ. УнагъуэщIэм нэхъыжьу яхэсыр Инал и анэращ, ауэ ар а пщыхьэщхьэм Налшык хьэщIапIэ кIуауэ къэтти, дрихьэлIакъым.
СэмэгумкIэ къыщыщIэдзауэ: ЛIымахуэхэ Нартрэ Иналрэ, Инал и щхьэгъусэ Симазэ, ЛъэнкIэпIашэ Джылъахъстэн, къащхьэщытыр Къалмыкъ Аднанщ.
Хэкужьым япэу къэзыгъэзэжар Иналщ. Абы лъандэрэ илъэсрэ ныкъуэрэ мэхъу. Симазэ къызэрыкIуэжрэ илъэс хъуами аращ. Унагъуэр Благовещенкэ къызэрыдэтIысхьэжрэ дэкIар мазэрэ ныкъуэрэщ. Абы къыхэкIкIэ я хадэр хасэну хунэсакъым. Ауэ зэщхьэгъусэхэр щIышхуэ зэраIэм щогуфIыкI. ЖыгкIэ мыкъулей дыдэми, хадэм итщ тут мэракIуей, мыIэрысей.
Инали Симази Сирием хиубыдэ Хъэнэсир къуажэм къыщалъхуащ. ЩIалэмрэ пщащэмрэ аращ зэщхьэгъусэ щызэхуэхъуари. ЗэкъуэшитIыр — Иналрэ Нартрэ унэ кIуэцIыр къищIыкIыным пыщIа лэжьыгъэхэм фIыуэ хозагъэ.
«Хъэнэсир дэса псоми апхуэдэу фIыуэ анэдэлъхубзэр вгъэбзэрабзэрэ?», — жытIэу дыщыщIэупщIэм, Инал и къуэш Нарт жиIащ:
— МыбыкIэ щекIуэкIыр сыт? Адыгэ псоми зэхуэдэу я бзэр яхуэгъэшэрыуэркъым, пэжкъэ? АбыкIи апхуэдэщ. ДыщыцIыкIум ди адэ-анэр адыгэбзэкIэ къыдэпсалъэу щытащ. Бзэуэ тIурылъым и дахагъэри, и беягъэри абдежым къыщежьэу къыщIэкIынщ.
Тхыгъэри сурэтри Аруан Идар ейщ.
Тхьэзэплъ Хьэсэн
Сирие, Джолан, Мумсие
Уэрэд
Сирием и ЛIыхъужь,
кхъухьлъатэзехуэ, генерал-лейтенант
Абазэ Мамдухь и фэеплъу
Си псэм и фIыгъуэ,
Си псэм и дахэ,
Си Сирие дыщэ,
Си лъагъуныгъэ,
Си гум и гъагъэр
Ноби пхуогъагъэ,
Си псэм и IэфIыр
Ноби пхуогуашэ.
Си сабийгъуэр уи гущэрылъу,
Сэ си щIалэгъуэр уи щIыгурысу,
Уи жумартыгъэр къыздэбгуэшащ,
Сэри си гъуэгур дахэу хэпшащ,
Си Сирие дыщэу си щIылъэ лъапIэ,
Си гъащIэ гъуэгум и нур къежьапIэ.
Сэ си дахагъыр уэ пхуэзгъэпсати,
Си къэгъэгъэгъуэр уэ уэсхьэлIати,
Зы вагъуэижу сыпхэкIыжащ,
Уи щIыгум си псэри къиувэжащ.
Си щIыпIэ дыщэу псэм и гущапIэ,
Си щIыпIэ дахэу, си псэм и лъапIэ.
Уэ узиадэу сэ укъызоплъыр,
Уэ узианэу сэ сыкъолъыхъуэр,
Ауэ зыщIыпIи сыщумыгъуэт,
Уи гур мэхыщIэ — уи бын къыпхуэтщ,
Си щIыгу дахащэу Мумсие лъапIэ,
Си Джолан бгыхэу си псэм и жапIэ.
Си псэм и фIыгъуэ,
Си псэм и дахэ,
Си Сирие дыщэ,
Си лъагъуныгъэ,
Си гум и гъагъэр
Уэ къыпхуогъагъэр,
Си псэм и IэфIыр
Уэ къыбдогуашэ.
Налшык — Щам — Джолан
Анэдэлъхубзэм папщIэ
Анзорей къуажэм дэтIысхьэжащ Къатхэ Мухьэмэд-Дибрэ Уджыхъухэ Нэзхьэрэ я унагъуэри. Ахэр уэрам щэху тесщ. Куэбжэм дыIухьауэ дыщыджэм, Мухьэмэд-Диб гуфIэжу къыдэкIащ. ФIэхъус гуапэ къыдиха иужь, и «къеблагъэр» япэ иту, жытIэну псоми дыхунимыгъэсу, я пщIантIэм дыдишащ.
Унэ кIуэцIым дыщIишэну хэта щхьэкIэ, пырхъуэр нэхъ щIыIэтыIэу къэтлъытэри, абдеж дыщетIысэхащ. Мухьэмэд-Дибрэ Нэзхьэрэ я гъусэу мэпсэу Нэзхьэ и шыпхъу Фадуэ.
Диб (аращ гъэкIэщIауэ езыр зэрызэджэжыр) Анзорей къызэрыдэтIысхьэжа щIыкIэм, и хъыбарым тедгъэпсэлъыхьащ:
— Хэкужьым дыкъихьэжауэ, «Дружба» зыгъэпсэхупIэм дыщыщIэсым, «Хэку» зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ НэкIацэ Владимир къыдэупщIауэ щытащ: «къуажэ гуэрым унэ фызыщIэсын къыщыфхуэдгъуэтмэ, вдэну?», — жиIэри. «Сыт щIэдмыдэнур?», — еттыжащ дэри жэуап. Аращи, дыкъызэрыфлъагъущ. Мы дызэрысыр Гъубжокъуэхэ я лъапсэщ. Абыхэм пщIантIэм дэсын балигъ ямыIэжу дэ дыкърихьэлIащ. Унэр зейуэ щытахэр дунейм ехыжати, абыхэм я щIалэ цIыкIур лIыпIэ иувэху хуиту фыдэс къыджаIащ. «Фызыхуейр ефщIэ, фызэрыхуейуи зефхьэ, дауэгъуу зыри къэувынукъым, тевгъэкIуэдари псы хэкIуадэ хъунукъым. АдэкIэ щIалэ цIыкIур ин хъумэ, унэр хуейм къыфхуигъэнэнщ, хуеймэ къывищэжынщ», — апхуэдэ зэгурыIуэныгъэ диIэу дыкъыщIэтIысхьащ.
Дибрэ Нэзхьэрэ Анзорей зэрыдэтIысхьэжрэ мази 2,5-рэ хъууэ аращ. Фадуэ къахыхьэжа къудейщ.
— СамыгъэукIытэн щхьэкIэ къыдыхьэркъым унэр зейхэр, — жеIэ Диб. — Сэ къэкIуэну сыхуейт дунейм ехыжам я къуэшитIри — Тимуррэ Хьэжысмелрэ. Хьэжысмел Налшык дэсщ, Тимур мыбы щопсэу.
Диб бжьэдыгъу адыгэ лIакъуэм щыщщ. И щхьэгъусэмрэ абырэ Хэкужьым къыщихьэжам АдыгеймкIи кIуахэт.
— Сигу ирихьакъым, — жеIэжыр Къатым. — Мейкъуапэ нэхъыбэу щызэхэпхыр урысыбзэщ. Зэ сыдэкIуадэри, адыгэбзэкIэ сызэпсэлъэн ерагъыу дэзгъуэтауэ аращ. Налшык апхуэдэкъым. Мыбы анэдэлъхубзэр нэхъ щызэхыбох, абыкIэ узэпсэлъэни нэхъ щыбогъуэт.
Дибрэ Нэзхьэрэ бынищ яIэщ: пхъуитIрэ зы къуэрэ. Хъыджэбзхэм языхэзыр Тыркум щыщ адыгэ щIалэ дэкIуауэ абы щопсэу. Адрейр Голландием хиубыдэ Харлем къалэм дэсщ. ЩIалэр, Къэбэрдейм щыщ нысэ къишауэ, Катар къэралым щопсэу. Абы и щыкъур Нартан дэс ПащIэхэщ.
Къат Мухьэмэд-Диб дыздыбгъэдэсым, Ерокъуэ къуажэм дагъэтIысхьэжа унагъуэм я деж ди лъэIукIэ псэлъащ. Абы дэсыр Диб и анэ шыпхъум и къуэ Цей Мырхьищ. Мырхьи и щхьэгъусэри Уджыхъухэ я пхъущ, и цIэр Маядэщ. Диб зэрыжиIэмкIэ, абыхэм бынищ яIэщ.
Къатхэ зыхэтIысхьахэр, гъунэгъухэр къазэрыхущытым дыщыщIэупщIэм:
— Дэгъуэу къытхущытхэщ, щIэх-щIэхыурэ къытщIоупщIэ. Дэри докIуэ, езыхэри ди унагъуэ къохьэ. Псом хуэмыдэу Апэжыхьхэ къытхуэфI дыдэщ, — къыджиIащ Мухьэмэд-Диб.
Мысост ТIулэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29136.txt"
} |
Нихьэт и хъуэпсапIэхэр
Мустэфа Нихьэт Сирием къиIэпхъукIыу и хэгъуэгум къэкIуэжахэм ящыщщ. «И хэгъуэгум» щIыжытIэм и щхьэусыгъуэщ Къэрэшей-Шэрджэсыр и хэку дыдэу къызэрилъытэм. НэгъуэщI жыIэкIэ къызэремыкIур зэуэ къыдгуригъэIуащ щIалэм, «ди хэгъуэгум» зэрыжытIар тIэкIуи и жагъуэ хъууэ. Афэрым, дэри ди гуапэщ Нихьэт хамэу зимылъытэжу и гуращэм хуэщыпкъэжрэ лъэпощхьэпохэм къапимыкIуэту зэрыпсэур.
Мустэфа Нихьэт, и адыгэ лIакъуэцIэр Благъуэщ. Урысейм, нэхъ тегъэчыныхьауэ жыпIэмэ, Москва къыщыкIуар нэгъабэщ, фокIадэм и 18-ращ. ИужькIэ Налшык щыIащ, итIанэ Къэрэшей-Шэрджэсым къэкIуащ. Зэрытлъагъущи, куэд мыщIэу илъэс хъунущ Нихьэт и адэжь хэкум къызэригъэзэжрэ. АтIэ сыт хуэдэурэ и Iуэхухэр зэкIэлъыкIуэрэ щIалэм? Дауи, и псэукIэр зэтегъэпсыхьа хъуагъэнщ, жытIэурэ дыIущIащ Нихьэт.
2012 гъэм и дыгъэгъазэм дыIущIауэ щытащ дэ Нихьэт. А зэIущIэ нэужьым ттхыжауэ щытахэм мащIэу фыхэтшэжынщи, Нихьэт езыр къэкIуэжами, и анэри къыдалъхуахэри Щамым къызэринар, ахэри мыбыкIэ къишэжу щызэIущIэжынум къыхуэмыгъэсу зэрыпэплъэр къыджиIауэ щытащ абы щыгъуэ. КъыджиIат и IэщIагъэкIэ лэжьэну зэрыхуейр, къащхьэщымытыж я адэм и къалэнхэри езым, быным я нэхъыжь хуэдэу, зэрихьыр, нэгъуэщIхэри. Нэхъыщхьэращи, Нихьэт хьэзырт, хьэзырым къыщымынэу, темыпыIэжу пэплъэрт лажьэрэ шхэжу мамыр гъащIэм хэту хэкужьым щыпсэуным икIи шэч лъэпкъ къытрихьэртэкъым ар щIэх дыдэ зэрызэфIэкIынум.
ЩIалэр зэрешам, зэрыгукъыдэмыжым гу лъумытэнкIэ Iэмал иIэтэкъым иджы дыщыхуэзам. Къытщыхъуащ и щытыкIэм и щхьэусыгъуэр и унагъуэр зришэлIэжауэ, Iуэхухэм ирагъэзэшауэ арауэ.
— Арамэ сезэшынутэкъым, сыгуфIэнут армыхъумэ. ИджыкIэ си анэри, си къуэшри, си шыпхъуитIри Щамым зэрыщыIэщ. Абы щыхъэм хэти дыщыгъуазэщ. Пщэдейрей махуэм гугъапIэ хуамыIэжу апхуэдэщ я псэукIэр. АтIэ, сыкъэзылъхуаи къыздалъхуаи а хьэзабым къыхэнауэ хэсщ. ТелефонкIэ защыпысщIэфхэм деж я Iуэху зытетыр къызощIэ, нэхъыбэм апхуэдэ Iэмал диIэкъым. СыткIэ сащхьэпэфыну сэ абыхэм, си дэфтэр Iуэхухэм иджыри кIэ ямыгъуэтауэ, сыхэхэс пэлъыту мыбдеж сыщыIэу? — жеIэ Нихьэт.
Зы тэлайкIэ щIалэр къэгумэщIами, зызэтреубыдэжри, къэкIуэнум фIэщхъуныгъэ зэрыхуиIэр зыхэпщIэу адэкIэ и Iуэхухэм дыщегъэгъуазэ. Нихьэт къызэригъэзэжрэ дэкIа зэманым хэгъэрейуэ зызэрилъытэж и гупсысэм нэхъри зипсыхьами, и Iуэхур кIуэтакъым, пэжыр жыпIэнумэ. «Удэфтэрыншэмэ, ухьэпщхупщщ» жыхуиIэм хуэдэ дыдэщи, Нихьэт, езым сытри игуэщIыну хьэзырми, лъэбакъуэ ичыфыркъым, и тхылъхэр зэтегъэпсыхьакъыми. Бюрократие кIэлъэфыгъэри щIэгъэкъуэныншагъэри — абы пыщIа псори щызэхэтщ Нихьэт и Iуэхум. Ауэ мы щIалэм апхуэдизкIэ нэрыгъ иIэщ, акъыл гъэтIысащи, ди гугъэкъым хьэпщхупщыфэ зыгуэрым зрыригъэплъыну, абы нэсыну.
— Си IэщIагъэкIэ сыдохутырщ. Iэмэпсымэ гъэщIэгъуэныщэхэри сиIэщ, щIэныгъи схурикъунущ си уней IуэхущIапIэ къызэIусхыу сылэжьэну икIи хуабжьу сохъуапсэ апхуэдэу слъагъуну: цIыхухэм сахуэщхьэпэу, лэжьапIэщIэ гуэрхэри къызэIусхыу, гъащIэм лъэ быдэкIэ сыхэувэжыну. Арами, сызыхуейр иджыпсту къызэхъулIэркъым жысIэу сытIысыжауэ сыщыскъым. Сыхуейкъым зыгуэрым къысхуищIэным сыпэплъэу махуэгъакIуэу сыпсэуну. Апхуэдэм сесакъым, — жеIэ Нихьэт.
А зэрыжиIэм хуэдэщи, Нихьэт къызэригъэзэжри мэлажьэ. Пэжщ, лэжьапIэ хуэхъур езыр зыхуейм пэжыжьэщ, арами, и сом къелэжьыж, Щамым къина и анэм зыгуэр хурегъэхь, фэтэрыпщIэри ет. Нихьэт нэгъуэщI зыбжанэ и гъусэу зы пэш закъуэ фIэкIа мыхъу фэтэрым щопсэу. Ар бэджэнду къащтауэ, и уасэри, мымащIэу, езыхэм ят. Апхуэдэххэщи, сыт хуэдэ къалэн къахуэувми, езыхэм зэрахуэ, зэфIагъэкI, зэрыхъукIэ. Е, нэхъ тэрэзу жыпIэмэ, псоми я щIэгъэкъуэнщ Нихьэт. АтIэ, иныкъуэхэм урысыбзи адыгэбзи ящIэркъыми, абыхэм я тэрмэшщ. Языныкъуэхэм къулыкъущIапIэхэр, хэгъуэгур, къалэр я нэIуасэкъым, здэкIуэнури яцIыхуркъыми, мис абыхэми Нихьэт я гъуэгугъэлъагъуэщ. Иджыблагъэ зы унагъуэ игъэIэпхъуэри къуажэм къыщыхуалъыхъуа унэм щIигъэтIысхьащ, ахъшэ гуэр зэхадзэри, псэупIэри мащIэу хузэтрагъэпсыхьащ.
Апхуэдэщи, Iуэху куэд зэрехуэ Нихьэт. «Ярэби, Нихьэт, а псоми ухэмыту уи щхьэ Iуэхум нэхъ тегъэчыныхьауэ упылъмэ мынэхъыфIу пIэрэ?» — щыжытIэкIэ, хуабжьу егъэщIагъуэ икIи жеIэ гуIэу утыкум ит и лъэпкъэгъухэм ядэмыIэпыкъун зэрыхузэфIэмыкIынур. Хэт ищIэрэ, Нихьэти хэмытынкIэ хъунт апхуэдиз Iуэхум, къэкуэшыжа ди лъэпкъэгъухэм дэIэпыкъуэгъу, щIэгъэкъуэн и зэманым, щызу ягъуэту Iуэхур зэтегъэпсыхьауэ щытамэ. Шэч лъэпкъ хэлъкъым республикэ Адыгэ Хасэр къэкIуэжахэм я дэIэпыкъуэгъу нэхъыщхьэу, хасэ пашэ Шэрджэс Мухьэмэд и къаруи и пси мы Iуэхум хилъхьэу зэрыщытым. Ауэ зы жылагъуэ зэгухьэныгъэкIэ, зы цIыхукIэ зэфIэкIынукъым лъэпкъ Iуэхур. Абы дэтхэнэми и къару, и гудзакъэ, хузэфIэкI химылъхьэу хъунукъым. Гъуэгугъэлъагъуэ, тэрмэш, чэнджэщэгъу, псэлъэгъу — апхуэдэ къызэрыкIуэ дэIэпыкъуныгъэхэми хуабжьу хуэныкъуэщ къэкуэшыжахэр. КъинэмыщIауэ, къуажэдэс куэд щIоупщIэ: «Щамым къыщыхъея зауэм кърихужьэу ди лъэпкъэгъу куэд къэIэпхъуэжауэ жаIэри, ар пэж? Пэжмэ — дэнэ щыIэ ахэр?» Пэжщ, къэIэпхъуэжащ, къытхэтщ, лэжьэну, псэуну, къытхэсыхьыжыну хьэзырхэщ. Зы IуэхуфI и щапхъэ къэтхьынщ. Иджыблагъэ Хьэгъундыкъуей къуажэм деж щиIэ унэри, хапIэри анэмэт яхуищIри (езыр къалэм дэсщ), щIигъэтIысхьащ къэкуэшыжахэм ящыщ зы унагъуэ. АдэкIэ езыхэм елъытащ лэжьэнуми, зызэтраухуэу псэунуми. Нэхъыщхьэращи, унэ яIэщ, быныр зэгъусэщ. Зыри пэплъэркъым къыжьэдалъхьэнум. Я ерыскъыр езыхэм къалэжьыжыну, жылагъуэми, я бынхэми сэбэп къыхуахьу псэуну хьэзырщ дэтхэнэри.
ПцIы хэмылъу жытIэнщи, зы мэскъалкIэ гурыщхъуэ уэзыгъэщIын гупсысэ пхэнж дэтлъэгъуакъым Нихьэт. КъызэрыкIуэ мурадрэ хъуэпсапIэрэщ и щхьэм илъри, догугъэ ахэр къехъулIауэ дяпэкIэ ди гуапэу дытепсэлъыхьыну. Ар зэфIэкIыным хуэныкъуэр зымащIэщ — псоми ди гудзакъэрэ гулъытэрэщ, ди лъэпкъэгъухэм ядэIэпыкъуну хьэзыр ди Iэхэрщ.
ТУАРШЫ Иринэ.
Хьэгъундыкъуей къуажэ
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29144.txt"
} |
Адыгэ къыдолъыхъуэ!
Алыдж философ Диоген уэрамым щызекIуэ цIыхухэм махуэ шэджагъуэм пхъакъуэ (факел) иIыгъыу яхэтт жи, «ЦIыху къызолъыхъуэ!» жиIэурэ. Нобэрей ди лъэпкъыр адыгэ къэтлъыхъуэу апхуэдэу дежьэжми емыкIу лъэпкъ хэтлъагъуэркъым. Апхуэдэу щIыжытIэм щхьэусыгъуэ иIэщ — ди тхыгъэмкIи я гугъу фхуэтщIынщ къэтлъыхъуамрэ иджыкIэ къэдгъуэта адыгэхэмрэ.
Щамым (Сирием) къикIыжу, Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм къэкIуэжа адыгэхэм датетхыхьыну дахуэзащ иджыблагъэ. ЗанщIэу жытIэнщи, къэтлъагъуну, зэхэтхыну дызыпэплъахэм ящыщу зыри икIи тлъэгъуакъым, икIи зэхэтхакъым. Ди гугъэт адыгэ щIыгум къызэрихьэжам ахэр иригуфIэу, а гурыщIэм зэщIиIэтэу дахуэзэну, арщхьэкIэ Iуэхур абы теттэкъым. Щамым къикIыжауэ дызыхуэзахэм ящыщу урысыбзэр тIэкIу нэхъ къызыгурыIуэхэм (и нэхъыбэм адыгэбзэри урысыбзэри ящIэркъым) «Дауэ фекIуэкIрэ?» ди япэ упщIэм и жэуапу, жагъуэу къыджаIащ: «ЛъэIуэныр дужэгъуауэ, ди щхьэ Iуэху зыгуэрурэ зыдохуэж».
Апхуэдэ жэуапым дыкъигъэуIэбжьауэ дащыпкърыупщIыхьым, дызыхагъэплъар щIагъуэкъым. Щамым щекIуэкI зауэм я щхьэр къыхахыу КъШР-м къэкIуэжауэ дызыхуэзахэм ящыщу мылъку гуэр зиIэм ешхыж, зимыIэр йожьэри, мащIэ-куэдми зыгуэр къелэжь. Иныкъуэхэм я визэхэм я пIалъэр икIащи, нобэ къаубыду къэралым ирагъэувыкIыжми зыри пхужыIэнукъым. Аращ миграционнэ къулыкъум къыщыжраIар: «Фи тхылъхэр и зэманым хабзэм тету зэтевгъэпсыхьакъыми, къэралым фикIыжу, фыздыхуей къэралым фыкIуэу, щIэрыщIэу визэр евгъэтхыу къэвгъэзэжын хуейщ». Ауэ мыгурыIуэгъуэр зыщ — зауэм кърихужьэу, мылъкуи щыгъыни зэрыжаIэу зыхуэчэму къыщIэпхъуэжа цIыхухэр, тхьэмыщкIагъэ ихуахэр, дэнэ здэкIуэнур? Нэхъыщхьэжыр аращи, адыгэ хэкум къыщыхуамыщIа Iуэхутхьэбзэр хэт къыхуэзыщIэнур, я лъэпкъэгъухэм хузэфIамыгъэкIыфа тхылъхэм щхьэкIэ сыт хуэдэ къэралрэ лъэпкърэ къахуэгузэвэнур?!
Ди жагъуэ зэрыхъущи, нобэрей тхыгъэм щыдгъэбелджылыну упщIэхэр а зымкIэ иухыркъым. Ди упщIэхэр яхуэдгъэзэну дыхуейщ адыгэ лъэпкъым къыхэкIа къулыкъущIэхэм, жылагъуэ зэхыхьэхэм, адыгэ Iуэхум и бжьыпэр зыхуэмыгуэшу утыкум итхэм.
Япэрауэ, Щамым къикIыжу хэкум къэкIуэжа нэрыбгэхэм я тхылъ Iуэхухэр зэфIэзыгъэкI къэрал щIэплъыкIакIуэ гуп щыIэн хуей? ДызэрыщыгъуазэмкIэ, апхуэдэ гуп къыщызэрагъэпэщауэ щытащ республикэм. Сыт-тIэ абы хэтхэм я лэжьыгъэр здынагъэсар? Щамым къикIыжахэм дапкърыупщIыхьати, абыхэм я тхылъ Iуэхухэр къулыкъу, зэгухьэныгъэ е цIыху хэха гуэрым хузэрихуэу жызыIэн къахэкIакъым. Езыхэм я щхьэ Iуэху зэрахуэжыфыну щыткъым, зэрыжытIауэ, и нэхъыбэм урысыбзи адыгэбзи ящIэркъыми. Абыхэм ядэщIыгъун, къыжраIэр къагурызыгъэIуэн, я тхылъ Iуэху зезыхуэн гуэр щыIэн хуэмейуэ пIэрэ?
Дэ дытепсэлъыхьыжыххэркъым абыхэм махуэ къэс яшхынымкIэ, зыщатIэгъэнымкIэ, здэщыIэнымкIэ яхуэгузэвэн зэрыщыIапхъэм. Хьэуэ, ахэр уи пщэм къыдэтIысхьэу, зи лъакъуэхэр къезыдзыхыжыну цIыхукъым. КъэкIуэжахэм ящыщу дызыхуэзауэ хъуам жаIар зыщ: «Дэ дэIэпыкъуныгъэу дызыхуейр ди тхылъхэр нэгъэсауэ зэфIэгъэхьэнымрэ лэжьапIэ гуэр къэдгъуэтынымкIэ зыкъытщIагъэкъуэнырщ. АдэкIэ, егъэзыпIэ гуэр къызэрыдгъуэту, ди щхьэ тпIыжынщ…» Арами, нобэкIэ аркъудейри нэгъэсауэ ягъуэтыркъым абыхэм.
Хьэуэ, дэ жытIэну дыхуейкъым зэрылъэпкъыу цIыхугъэр яIэщIэхужыпауэ. Псалъэм папщIэ, Хьэгъундыкъуей къуажэжьым Сирием щыщ унагъуэ дагъэтIысхьауэ къызэращIэу, къапыкъуэкIащ къуажэ Iэтащхьэ Иуан Руслани, къуажэ бзылъхугъэ советри, гъу- нэгъухэри. Зыхуэныкъуэхэр зрагъащIэри Iуэхур ирахьэжьащ — я къару къихьыр зэфIах, ялъэмыкIымкIэ зыхузэфIэкIхэм зыхуагъазэ. Тхьэм игъэпсэу егъэзыпIэу ахэр зи унэм щIэзыгъэтIысхьа КIэщт Руслан, унагъуэ Iуэху зэфIэзэрыхьахэмкIэ зэрыхузэфIэкIкIэ закъыщIэзыгъакъуэ, щIалэгъуалэ Хасэм и пашэ Жу Тимур, нэгъуэщIхэри. ПцIы хэмылъу, ерыскъым къыщегъэжьауэ, зыхэлъын-зыхэтэджыкIын тепIэнщIэлъыным хуэкIуэ-жу хуэныкъуэт унагъуэр. Нэрыбгий исщ къуажэм къыдэтIысхьа Шэрджэсхэ (жьымкIэ Мэхъуэшхэ) я унагъуэм, сабииплIи я гъусэщ. Здагъэзэжыни яIэкъым — щыпсэуар зауэм зэхиущэбащ.
А хьэрычэт къызыкъуэкIахэм я закъуэкъым дэ мыбдежым зи гугъу щытщIыну дызыхуейр, атIэ лъэпкъым и пашэ хъуным хущIэкъухэу зи бгъэм IэштIымкIэ теуIуэу, «адыгэм папщIэ дылIэнущ» жызыIэу уэрамым тетахэращ. ГъэщIэгъуэнщ, ауэ, абыхэм я лъэужьи щыIэжкъым нобэкIэ. Дауэ щымытми, Щамым къикIыжауэ дэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэхэм я унэ бжэIупэ абыхэм ящыщ зыри къекIуалIэкъым. Зэманыр къэсщ, лъэпкъым зэфIэхыпхъэ гукъеуэ къылъыкъуэкIри, псоми заудыгъужащ. ДеупщIыну дыхуейщ апхуэдэхэм: «Дэнэ фыщыIэ? Фи дэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэ хъуа лъэпкъым сыт зыщIыщывдзейр?! Дэнэ фыщыIэ Интернет «губгъуэхэм» щыуцIырхъэ «адыгэщIэкъухэр»?! Щамым къифшыжу зы унагъуэ къэфшэжын щыгъэтауэ, къэкIуэжауэ щыпсэу, тхьэмыщкIагъэ зылъыса сабийхэм зы пщыхьэщхьэшхэкIэ фапэIэба? Хьэмэрэ ари фхузэфIэкIыркъэ? Дыщыуэмэ, къытхуэвгъэгъу. Дауи, арагъэнкъым фэ лъэпкъ Iуэхум щынэхъыщхьэу къэфлъытэр».
ГъэщIэгъуэнракъэ, тхьэмыщкIагъэ ихуа ди лъэпкъэгъухэм нэхъ япыкъуэкIыр алъандэрэ зи макъ зымыгъэIуахэращ, лъэпкъ Iуэхум зыкIи хэмыщIыхьауэ, цIыху «къызэрыкIуэу» псэуахэращ. Абыхэм нэхъ адыгагъэ къакъуокI нобэкIэ. Хьэгъундыкъуей дэтIысхьэжа унагъуэми жаIащ: «Ди гур республикэм щыкIуэдыпати, къуажэдэсхэм я гуапагъэм нэхъ дигъэгушхуэжащ». Хьэуэ, мылъкушхуэкIи зыщIагъэкъуэфауэ аракъым — хэт пщыхьэщхьэ гъэш яхуехь, хэт ерыскъыхэкIхэмкIэ яхуоупсэ — аращ къуажэдэсхэм яхузэфIэкIыр. Ауэ а тIэкIуми я тхьэмыщкIэгухэр къигъэвыжащ.
Дэ дыхуейкъым ди тхыгъэмкIэ ныкъусаныгъэхэр къыщIэдгъэщу Iуэхур зэдгъэтIылъэкIыжыну. АтIэ а Iуэхухэр зэфIэхыным сэбэп дыхуэхъумэ тфIэигъуэщ. Сыту жыпIэмэ, зэхэзехуэн хъуа ди лъэпкъэгъухэр зыхуэныкъуэр ди убэ псалъэкъым, атIэ ди дэIэпыкъуныгъэщ.
Япэрауэ, 2012 гъэм, КъШР-м и Правительствэм и Тхьэмадэу а зэманым тета КIэбышэ Индрис я пашэу къызэрагъэпэщауэ щытащ «Комиссия по координации работы по поддержке соотечественников, прибывших в КЧР из-за рубежа» гупыр. Комиссэм и Iуэхур зэригъэкIуэну, зэрытщIэмкIэ, IэщIалъхьауэ щытащ Суюнов Джанибек.
ЕтIуанэрауэ, Къэбэр- дей-Балъкъэрым щыIэ «Пэрыт»-м хуэдэу, мухьэжырхэм я тхылъ Iуэхур зэфIэзых, абыкIэ жэуап зыхь ди лъэпкъэгъу гуп щIыщымыIэр сыт? Сыт дызыхущыщIэр ар къызэдгъэпэщынымкIэ? ЩIалэгъуалэ куэд Интернетым щотхэ адыгэм сэбэп яхуэхъуну. А жаIэм я адыгагъэр щимыухамэ, ди гуапэт мы Iуэхум къыхыхьамэ.
Ещанэрауэ, зи тхылъ Iуэхухэр зэфIэзэрыхьа мухьэжырхэм сыткIэ дадэIэпыкъуфыну? Хьэмэрэ хэкIыпIэ лъэпкъ иIэкъэ а Iуэхум? Мы упщIэр яхуэгъэзащ лъэпкъым къыхэкIа къулыкъущIэхэм, депутатхэм.
ЕплIанэрауэ, лъэпкъым диIэу пIэрэ Хэкужьым къихьэжахэр псэупIэкIэ къызэзыгъэпэщыфынухэр?
ДызэрегупсысымкIэ, «лъэпкъ Iуэху» псалъэ зэпхам дыкъытекIыу, ар зэрызэхэлъ Iуэху цIыкIухэм дыхуэкIуэн хуейщ. Кавказ зауэжьым лъэпкъым къыхуихьа лъапсэрыхри, ди блэкIари, къэкIуэнури епхащ нобэ къытхыхьэж ди къуэш-шыпхъухэм я бжэIупэм. Абы екIуалIэхэращ лъэпкъым зи гур хуэузу плъытэ хъунур. Лъэпкъыр псалъэм дыщIигъэнащ, димыIэр Iуэху зыщIэнщ. Мы тхыгъэ закъуэмкIэ зэфIэмыкIыу, Тхьэм жиIэмэ, мухьэжырхэм я Iуэхур зэрыкIуатэм дяпэкIи фыщыдгъэгъуэзэнущ.
БЕМЫРЗЭ Зураб,
«Черкес хэку» газетым и лэжьакIуэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29146.txt"
} |
Хамэ хэкур хамэ унэщ
Илъэси 150-м нэблэгъащ адыгэхэм я нэхъыбапIэм адэ хэкужьыр зэрабгынэрэ. Ди адэжьхэм щалъхуа щIыналъэр IэщIыб ирагъэщIын щхьэкIэ ялъэкI къагъэнакъым Урысейм и пащтыхьымрэ Тыркум и сулътIанымрэ. Илъэс куэдкIэ екIуэкIа Кавказ зауэр щиухам адыгэхэм я нэхъыбапIэр къарукIэ ирахуат е гъэпцIагъэкIэ хэхэс хъуат.
Ди лъэпкъэгъухэм нобэ уащыхуэзэнущ къэрал куэдым. Псалъэм папщIэ, жылагъуэ лэжьакIуэшхуэ, тхакIуэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд зэрыжиIэмкIэ, хэхэс адыгэхэм я нэхъыбэр щыпсэур Тырку къэралыгъуэращ. Ауэ дэнэ къэрал щымыпсэуми, я гъащIэр зэтесу, я пщэдей махуэм гусыс хэмыту IущIэфу пхужыIэнукъым. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абыхэм я бзэ, я хабзэ яхъумэжын папщIэ а къэралхэм я правительствэхэр хабзэм тету щIэгъэкъуэн къахуэхъуркъым, атIэ езы лъэпкъым зэрылъэкIкIэ зэрызихъумэжыным пылъу мэпсэу. Хэхэс адыгэхэм я бзэ, я хабзэ яхъумэжынымкIэ Щамым (Сирием), Иорданием щыпсэухэм я Iуэхур нэхъ ехъулIэу екIуэкIащ иджыри къэс. А къэралитIым щыпсэу адыгэхэр Израилым фIыуэ къилъагъуркъым. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, 1947 — 1949, 1956, 1967, 1973 гъэхэм екIуэкIа журт-хьэрып зауэхэм лIыгъэ къагъэлъагъуэу хэтащ адыгэ хэхэсхэр. А узытепсэлъыхьхэр блэкIа Iуэхущ жызыIэни щыIэу къыщIэкIынщ, ауэ зыщIыпIи пхуэмыхьынур Израилымрэ Хьэрып къэралхэмрэ я зэпэщIэтыныгъэм кIэ зэримыгъуэтарщ. Израилыр щыму щытащ Урысейм и къару щхьэхуэ къыхэхахэр Сирием и щIыналъэм щиIыгъыху. Урысейм и дзэр Сирием къришыжа нэужьи Израилым зауэ къыщIиIэтын щхьэусыгъуэ щIэх къыхуэгъуэтакъым. Ауэ адыгэ псалъэжьым зэрыжиIэщи, уэнум баш егъуэт, арати, гъэ блэкIам къащIэжащ а хьэрып къэралым курд (хьэмшэрий) мелуанитIым нэмысыпэ зэрыщыпсэур. Сирием иджы къыщыхъея граждан зауэр къэзыIэтар курдхэрауэ хуагъэфащэ. Абыхэм я мурадщ Сирием и щIыналъэм щыщ щIы кIапэ къыпачу езыхэм я къэрал абдеж щаухуэну. Израилыр хулъэкI псомкIи ядоIэпыкъу абы щIэбэнхэм. Журт къэралыгъуэм и лъэныкъуэр иубыдащ США-ми. Америкэр хуабжьу хуэныкъуэщ курдхэм къалъысыну щIы кIапэм. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, гува-щIэхами Ираныр зэтрикъутэну къалэн зыхуигъэувыжащ. Курдхэм щIы кIапэ Сирием къыпатхъыфмэ, США-м абдеж икIэщIыпIэкIэ базэ ирищIыхьынущ. Ар къайхъулIэмэ, щхьэмыхъэщхъ Иран къэралым и хьэкумыр ящIауэ плъытэ хъунущ. Сирием щекIуэкI граждан зауэм адыгэхэм нэмыщI адрей псоми я Iуэху зэрефIэкIуэн, я лъэпкъхэм нэхъ зэрызаужьын Iуэху къыщалъыхъуэ. Апхуэдэу щыщыткIэ, хэхэс адыгэхэри егупсысыпхъэщ я щхьэ нэхъ хъума зэрыхъуным.
Иджыблагъэ Сирием къиIэпхъукIыжри Урысейм къэкIуэжащ цIыху 42-рэ. Абыхэм ящыщу 29-р Къэбэрдейм псэупIэкIэ щепсыхащ. Абыхэм нэмыщI я адэжь лъахэм къэкIуэжыну хуейр куэдщ, ауэ хуабжьу пэрыуэгъу абыхэм яхуохъу Урысейм и хабзэхэм я зэтемыхуэныгъэмрэ я зэпэщIэтыныгъэмрэ. Псалъэм папщIэ, хамэ къэрал къикIа цIыхухэр ди къэралым зэрыщигъэIэр мазитIкIэщ, гражданствэ щимыIэкIэ. Ауэ гражданствэ къыуатыну узэрыщIэлъэIу тхылъхэр щIаплъыкIын хуейщ мазищкIэ! Мы Iуэху зехьэкIэм къикIыр аращ — ар зэгуэрми зэфIэмыкIын Iуэхущ. А хабзэ гупыгъэхум игъэтхьэусыхэр адыгэхэм я закъуэкъым, атIэ урысхэри, нэгъуэщI лъэпкъхэм щыщу ди къэралым щыпсэухэри абыкIэ арэзыкъым. Мы Iуэхур адыгэ хэхэсхэм дауэ къапэмыувми, ди къуэшхэр я лъахэ къызэрыкIуэжыным хуэунэтIын хуейщ. Хамэ Хэкур хамэ унэщ! Хамэ унэм узэрыщIэсынур ар зейр хуеихукIэщ — щIегъуэжмэ, алаушыну уэрамым укъытенащ. Апхуэдэу щыщыткIэ, уи Хэку, уи унэ зэбгъуэтыжыным уи гуащIи, уи гъащIи тебухуапхъэщ.
ГЪУКIЭКЪУЛ Даут,
Урысей Федерацэм и ТхакIуэхэм
я зэгухьэныгъэм хэт.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29150.txt"
} |
Абгъуэншэ бзухэр
Зауэ щекIуэкI Сирием, псоми зэрытщIэщи, адыгэ куэд (мини 100 хуэдиз) щопсэу. Махуэ къэс телевиденэкIэ, газеткIэ щыгъуазэ дыхуохъу а къэралым къыщыхъухэм. Ауэ, дауи, абы къыщекIуэкI псор дагъэлъагъуркъым икIи жаIэркъым. Ар Iуэху пщIырэ Интернетым уихьэмэ, узыгъэгузавэ куэд щыболъагъу. Зыри жыIэн хуейкъым — абы теухуа сурэтхэм псори къаIуатэ…
ЗАУЭФI щыIэкъым. Зауэм цIыхур зэхэдз ищIыркъым. Мы тхыгъэмкIэ зи гугъу тщIыну адыгэ унагъуэми зауэр лъэныкъуэкIэ къыпекIуэкIакъым. Унагъуэр зейм и къуэшым и къуэ лажьэншэу хэкIуэдащ мыбы.
Къардэнхэ я унагъуэр Хэкужьым къызэрыкIуэжрэ илъэс хуэдиз мэхъу. Ахэр япэу Налшык къалэщ здекIуэлIар. Абы дэт санаторэхэм ящыщ зым щыпсэуащ илъэс ныкъуэкIэ. Я дэфтэрхэри аращ щыхузэрагъэпэщар. Ауэ лэжьыгъэ щамыгъуэтым, ди республикэм, Черкесск къалэм къэIэпхъуэжащ. Ахэр мыбы къызэрыкIуэжрэ мазищщ зэрыхъур.
ГъэщIэгъуэнракъэ, Iей здэщымыIэм фIы щыIэкъым. Ди лъэпкъэгъухэр аргуэру зэхэзехуэн зыщIа зауэм мы адыгэ унагъуэщIэр къигъэщIащ. Къардэнхэ Данилрэ Уэтейхэ Бусейнэрэ зэрызэрышэрэ мазитIщ зэрыхъур. Ахэр санаторэращ щызэрыцIыхуар икIи лъэпкъитIым я арэзыныгъэкIэ зэщхьэгъусэ хъуахэщ. ТIуми я щхьэгъусэхэр дунейм ехыжауэ зэхуэзащ мыхэр. Зэщхьэгъусэхэм зэхэту хъыджэбз цIыкIуитI зэдапI — Таерэ Зоерэ. Сабийхэр иджыри цIыкIущ, Тае илъэси 9-щ зэрыхъур, Зое — 7-щ.
Унагъуэ гуапэщ, хабзэ зыщIэлъщ. Ахэр къыддэгуэшащ я гукъеуэхэмкIэ, гугъапIэхэмкIэ.
— Данил, Бусейнэ, фэ Сирием фыкъикIыжыфащ. Фи Iыхьлыхэр-щэ, ахэр дауэ хъуа?
— Сэ си къуитIыр Налшык щыIэщ. Нэхъыжь Назар и щхьэгъусэр щIыгъуу санаторэм щIэсщ. НэхъыщIэ Нарзан КъБКъУ-м щоджэ, студент общежитым щопсэу. Сипхъу Сирозэ къытхуэкIуэжакъъым мыбы. Ар и закъуэу Дамаск къэнащ, уIэгъэ хъуа зауэлIхэм медсестрауэ яхэтщ. Абы щхьэкIэ согузавэ. Си къуэшиплIри си шыпхъуитIри Сирием къинащ, — гузавэу жеIэ Данил.
— Дэри дыунагъуэшхуэщ, — къыпещэ Бусейнэ. — Сэ дэлъхуитху сиIэщ, зэшыпхъуитIи дохъу. Дэ псори зэбгрыдза дыхъуащ. Хэт Иракым щыIэщ, хэти Тыркум, Абхъазым, Сирием, сэ Черкесск сыкъэкIуэжащ, си зы дэлъхур, и унагъуэри ди адэри и гъусэу, Налшык щыIэщ. Сирием къикIыжа унагъуэшхуэхэм унэ къыхуащэхуащ Къэбэрдейм щыщ щIалэхэм. Абыхэм яхэхуащ Налшык дэс си дэлъхум и унагъуэри, абы дыщогуфIыкI.
— Куэдым жаIэу зэхыбох: «Зауэр мыхъуамэ къэкIуэжынутэкъым ахэр». Апхуэдэ гупсысэ зиIэхэм сыт яжефIэнт?
— Пэжщ, зэхыдох дэри апхуэдэ гуэрхэр. Языныкъуэхэм дыкъызэрыкIуэжыр яфIэфIкъыми, ар си жагъуэщ. КъызгурыIуэркъым, уадыгэу лъэпкъыр нэхъыбэ зэрыхъум ущыгуфIыкIын щхьэ хуэмейрэ?! — жеIэ Данил. — Си щхьэкIэ, Урысейм укъихьэ хъуну Iэмал къызэрыкъуэкIыу, илъэс 23-кIэ узэIэбэкIыжмэ, Хэкужьым сыкъэкIуауэ щытащ. Си адэжь щIыналъэр, абы щыпсэухэр зэзгъэлъагъуну, зэзгъэцIыхуну арат сыкъыщIэкIуар. Абы иужькIэ илъэс 15 дэкIри етIуанэуи сыкъэкIуауэ щытащ. Абы щыгъуэм, унэ, злэжьын зэзгъэгъуэту мыбы сыкъэкIуэжыпэну сыхуейуэ сыхъуащ. Ауэ си щхьэгъусэр дунейм ехыжри — хъуакъым. Пэжщ, зауэращ дыкъезыхужьар. Апхуэдэ Iуэху гуэрым иримыхулIэмэ, цIыхухэр тегушхуэркъым я унагъуэкIэ зызэщIакъуэу нэгъуэщI къэрал гуэр Iэпхъуэну. Ар гугъущ. Гугъу зыщIри мылъку, ахъшэ къазэремэщIэкIырщ. НэгъуэщI къэрал уIэпхъуэу абы уи лъэр щыувын щхьэкIэ ахъшэ куэд ухуейщ, — жеIэ Данил.
— Дауэ фыхъурэ, дауэ фыпсэурэ? Лэжьыгъэ фиIэ?
— Сэ сиIэщ — гуфIапэурэ жэуап къетыж Бусейнэ. — Сирием дыщыщыпсэум сэ сабий садым сыщылэжьащ, абы и унафэщIуи сыщытащ. Лэжьыгъэр хуабжьу сигу ирихьырт. Сабий псори IэфIщ, ауэ сэ Адыгэ Хасэм и сабий садрат сыщылажьэри, абы нашэ цIыкIухэр адыгэт. Абыхэм адыгэбзи, хьэрыпыбзи, иджылызыбзи ядгъащIэрт. АдыгэбзэкIэ яфIэфI дыдэу усэхэм къеджэрт, уэрэд жаIэрт, къафэрт. Мыбы садым сащтакъым — урысыбзэр сщIэркъым. Ауэ содэфри, Хасэм къысхуигъуэтащ а IэщIагъэм теухуа лэжьыгъэ. Иджы солажьэ, — мэгуфIэ унэгуащэр.
— Сэ зэкIэ згъуэтыркъым лэжьыгъэ, урысыбзэр зэрызмыщIэм и зэран къыхокI. Дамаск сыщыдэсам полицэм сыхэтащ. Тыншу дыпсэурт. Ауэ лэжьыгъэ згъуэтыным си гугъэр хэсхыжакъым. Сэ IэфIу сопщафIэри, а IэщIагъэм срилэжьэфынут, — жеIэ Данил. — Хасэм и тхьэмадэ Шэрджэс Мухьэмэд сыкъигъэгугъащ пщэфIапIэ гуэр сыIуигъэхьэну. Абы сыщогугъ. Налшык дызэрыдэсар урысыбзэр зэгъэщIэным теухуауэ зэран хъуащ, — мэдыхьэшх лIыр. — Абы дэнэкIэ зыбгъазэми адыгэ щыбогъуэт, узыхуейр адыгэбзэкIэ ягурыбогъэIуэфри, урысыбзэм апхуэдэу хуэныкъуэ ухъуркъым. Мыбы адыгэ къыщыбгъуэтыну нэхъ гугъущ, урысыбзэ умыщIэу хъунукъым.
— ФIыщIэ гуапэ худощI Шэрджэс Мухьэмэд, Адыгэ Хасэм. Ахэр мыхъуамэ, ди Iуэхур нэхъри гугъу хъунут. Мазищ мэхъу мыбы дызэрыщыIэри, фэтэр уасэр тхуат, — жеIэ Бусейнэ.
— АдэкIэ сыт фи мурад, фыщыпсэуну мыбы?
— Тхьэм жиIэмэ, ди гугъэщ. Дыхуейщ дыщыпсэуну. Ди нэр адыгэм къыхуокI, гукIи псэкIи дахуэныкъуэщ ди лъэпкъэгъухэм. Ауэ Черкесск къалэм адыгэр щымащIэ дыдэщ, — жиIэр зэрижагъуэр зыхэпщIэу къеIуатэ унэгуащэм. — ЖысIэну сыхуейт ди Хасэхэр нэгъуэщIу зэрыщытыр. Абы адыгэу хъуар йокIуалIэ, щхьэж щыхущIыхьэ елъытауэ, зэрыунагъуэурэ щызэхуос. ЩIалэгъуалэр сыт щыгъуи щыкуэдщ. Къалэми къуажэхэми дэс адыгэхэр абдеж щызэроцIыху. Мыбы апхуэдэу зэрыщыщымытыр ди жагъуэщ. Аращи, догупсысэ… Шэрджэсым и адыгэ къуажэ гуэрым дыIэпхъуами тфIэфIт. Ди сабийхэм ди бзэр ящIэну дыхуейщ, дэри адыгэ гъунэгъу куэду диIэмэ ди гуапэщ, — къыддэгуэшащ и хъуэпсапIэхэмкIэ Бусейнэ.
— Ауэ мыбы дызыщыхуэза адыгэхэр дигу ирохь. Гущабэхэщ. ДызэхащIыкI. Ар куэд и уасэщ, — жеIэ Данил.
— Дэфтэрхэр зэфIэгъэхьэн Iуэхум псори егъэтхьэусыхэ, абы теухуауэ фэ дауэ фыхъуа?
— Гугъу дехьащ. Ахэр зэхуамыхьэсыфу куэдым ягъэзэжащ, хэти Абхъазым щыпсэуну кIуащ. Абы тынш дыдэу псори щыхузэфIагъэкI. Урысейм нэхъ тыншу мы Iуэхур щызэфIэкIыр Мейкъуапэщ. Дэ Хасэм тхылъ къытхудихри, апхуэдэущ дыкъызэрихьэфар мы къэралым. Мы гъэми квотэкIэ къэкIуэну хуит ищIащ Урысейм, ауэ цIыху бжыгъэ мащIэ дыдэщ — 400 хуэдизщ. Ахэр псори гукъеуэщ, — хэгупсысыхьауэ жеIэ Данил.
А псор зи фэ дэкI ди лъэпкъэгъухэм ягу зэрамыгъэкIуэдыр умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым. Тхьэшхуэм, фIым щогугъ. Гужьгъэжьрэ бзаджагъэрэ ягу къихьэххэркъым. Сирием щыщ адыгэхэр илъэси 100 зауэжьыр зэриухрэ зэхэзехуэным хэтщ. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и егъэджакIуэ, профессор Бакъ Зерэ и тхылъым зэрыщыжиIауэ, мыхэр абгъуэншэ бзущ. Адэжь щIыналъэр абгъуэ яхуэхъужамэ, ар насыпышхуэу къалъытэнут. Догугъэ, Хэкужьым мыхэр анэр и быным зэрыпежьэм хуэдэу къригъэблэгъэжыну, я сабийхэр къытхэшыпсыхьыжыну.
ГЪУКIЭКЪУЛ Иринэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29152.txt"
} |
Уи хэку жыг закъуэ фIэкI имытми, дунейгъэдахэщ, уисыжыху
Сирие Хьэрып Республикэм щыхэхэс ди лъэпкъэгъухэм етIуанэ лъапсэрыхыр къахуэзыхьа «хьэрып гъатхэр» языныкъуэхэм лъэмыжу къахущIэкIащ, хамэщIымрэ хэку анэмрэ зэпищIэу.
Я псэр щыпсэху жьэгур, я щIакхъуэ Iыхьэр къыщалэжь IэнатIэр, я бынхэм хуагъэтIыгъуэр, я гур зыгъэфI псори напIэзыпIэм къызэтещахэри, щтапIэ ихьэжын хуей хъуащ КъуэкIыпIэ Гъунэгъум щыпсэуа ди лъэпкъэгъухэр. АнэнэпIэсым и куэщIыр тыншу къащыхъуу къекIуэкIами, мафIэ къыщылыдри, я щхьэр кърахын хуей хъуащ. Илъэсым щIигъуащ апхуэдэ бэлыхь хэхуа адыгэхэм я Iыхьэ мащIэ къызэрытхыхьэжрэ. Мазэ бжыгъэкIэ республикэм и санаторэхэм щIэса унагъуэхэм я ныкъуэхэм унэхэр къыхуащэхуурэ къуажэ зэмылIэужьыгъуэхэм ягъэIэпхъуащ, адрейхэм я Iуэхуи зэрахуэ. Ди къуэшхэр сыткIи зыхуей хуэгъэзэныр ди унафэщIхэм япэ ирагъэщ Iуэхугъуэхэм ящыщщ, я Iэр къызыпекIуэкIыр зэкIэ мащIэми.
Адэжь лъахэм щыпхузэфIэмыкIын щыIэкъым
Гъыш Аниуар-Хъусенрэ Зульфиярэ я пхъурылъхухэр я хьэщIэщ. Мы махуэхэм дэ дыщыIащ унагъуэ 12 здагъэIэпхъуа, Прохладнэ щIыналъэм хыхьэ Благовещенкэ къуажэм. Прохладнэ, Бахъсэн районхэм я зэпылъыпIэм щитIысыкIа къуажэ цIыкIур Алътудрэ Къэсейхьэблэрэ я зэхуаку дэсщ, ауэ апхуэдэуи зэгъунэгъу дыдэкъым. Къуажэм нэхъыбэу дэсыр урысщ, тыркухэр, ермэлыхэр яхэсщ, унэ куэд нэщIщ.
ЩхъуантIагъэр щыкуэд жылэр гъэмахуэ хуабэм жэнэт хуэдэщ, ауэ щекIуэкI псэукIэр зэманым демыкIужу къыпщагъэхъу унэ-лъапсэ мыинхэмрэ гъуэгу нашэкъашэхэмрэ.
Къуажэм дыдэлъэда нэужь, япэу дызыIущIа лIым деупщIри, нэхъапэ дыдэу а жылэм Iэпхъуа СтIащ Исам и унэр дигъэлъэгъуащ. Псоми ящIэ Сирием къикIыжахэр щыпсэухэр, икIи адыгэ къазэрыхэтIысхьэмкIэ мыарэзыуэ зыми зыкъыдигъэщIакъым.
СтIащхэ я куэбжэпэм дыщыIухьам, къыдэкIа щIалэ къуданитIым дагъэIуэщхъуащ. Ахэр нэкъуэлэнт, сырыхут, я IэпкълъэпкъкIи зэкIужт. А ныбжьыщIэхэм, Сирием къикIыжар къэгъэнауэ, къызэрыIэпхъуэрэ куэд мыщIауэ фэ ятеттэкъым. АрщхьэкIэ, адыгэбзэ къабзэкIэ фIэхъус къыщыдахым, дызэрыщымыуар гурыIуэгъуэ хъуащ.
Исам зыщигъэпсэху махуэу, Лини и къалэнхэм пэрыту, щIалэхэри еджапIэм къаутIыпщауэ дрихьэлIати, щIалищ къыщыхъу адыгэ унагъуэ зэкIужым уахэплъэныр гухэхъуэт.
«Хуабэм зыщытхъумэу щIыIэтыIэу дыздэщыс хабзэмкIэ фынакIуэ», — жиIэри хадэм ит жыг жьауэмкIэ дригъэблэгъащ унэгуащэм. Пэжыр жысIэнщи, си нэгу къыщIэувар сызыпэмыплъащ: джэд плъыжь цIыкIухэм къажыхь, удзхэр яухъуэнщIу; шкIэр, дыгъэпсым зрегъэури, щыму IуэмкIэ исщ; хадэм къыщымыкI щыIэжкъым.
Ахэр зэрызэпэсплъыхьым Исам гу лъитауэ, жеIэ:
Уэсмэн мурадхэр и куэдщ. — ДиIэр зэкIэ мащIэщ, ди псэукIэри щIагъуэкъым, куэд щIауэ зыри зыщIэмыса унэлъапсэщ дыкъыздэIэпхъуар. Ди хадэм щыплъагъу бэдрэжанри, къэбыстэри, нащэри, кIэртIофри, нартыхури, къэбри, зэрыхасэр къэгъэнауэ, игъащIэм къэкIыу тлъэгъуатэкъым. Ауэ Iэмалыншагъэм уимыгъэщIэнрэ уи адэжь лъахэм щыпхузэфIэмыкIынрэ зыри щыIэкъым. Зы урыс цIыхубзрэ ермэлы бзылъхугъэрэ ди гъунэгъути, хуабжьу къыддэIэпыкъуащ, иджы ди жэмыр лъхуащи, къэшыкIэ дэзыгъащIэри ахэращ.
Налшык къалэ дэт «Дружба» санаторэм мазитхукIэ дыщIэсащ, мыбы дыкъызэрыIэпхъуэрэ мазибл мэхъу. ПхъэидзэкIэ ягуэшауэ арат къащэхуа унэхэри, дэ мыр къытлъысащ. Иджыпсту и теплъэкIи, и кIуэцIкIи щIагъуэкъым, ауэ хуэм-хуэмурэ зыхуей хуэдгъэзэнщ, шхапIэр нэхъ мыхьэнэншэу щытати, и лъэгур къидгъэжыкIри, къэндробхэр (шкафхэр) щIэдгъэуващ. Сирием щыдиIа унэми, дыздэщыIа санаторэми щыIэ тыншыпIэм хуэдэ мыбы щыIэкъым, ауэ десэнщ, дыпсэуну дигу щилъкIэ, унэри зэдгъэпэщыжынщ, гъащIэми дыхэзэгъэнщ.
Сэ езыр сыбжьэдыгъущ, си шынэхъыжьыр Мейкъуапэ Iэпхъуауэ щопсэу. Ауэ абы лэжьапIэ щымыIэ хуэдэурэ зэхэсхати, Налшык сыкъакIуэмэ нэхъ къэсщтащ. Си зы къуэшыр Москва щопсэу.
Исам и къуэхэр и дэIэпыкъуэгъуу хадэ ящIэ. — Зауэм и гуащIэгъуэ мыхъу щIыкIэ фыкъикIащ Сирием. Темыгушхуарэ зыхузэфIэмыкIарэ куэду къыдэнауэ дэсщ Дамаск, я щхьэр мафIэм хэлъу. Уэ дауэ къепшэжьэжат уи унагъуэр?
— Сирием зэрыхьзэрийр къызэрыщыхъейуэ, япэ дыдэу хэкум къэкIуэжахэм сащыщщ сэ. Дамаск къалэкум километр 11-кIэ пэжыжьэу Къудсея хьэблэм дыдэсащ. Ещанэ къатым дыщIэсти, къагъауэ-нагъауэхэр зэрызэхахыу щIалищыр балконым илъадэрт. Пэжыр жысIэнщи, сэ сатешыныхьырт си къуэхэм. Ахэр зыхэхуэнумрэ зыIущIэнумрэ сщIэртэкъым.
Къэбэрдейм къэкIуэжыну хуейхэр къыхатхыкIыу щыщIадзэм, япэ дыдэу цIыхуи 114-м я цIэ-унэцIэхэр иту КъБР-м тхылъ къедгъэхьащ. Къэбэрдейм дыщыпсэу хъуну щызэхэтхым, ди щыгъынхэр къатщтэщ, ахъшэ тIэкIу тIэщIэлъти, ар тIыгъыу ди унэм IункIыбзэ еттри, дыкъежьащ. Си къуэш нэхъыщIэр Москва дэсти, ар нытпежьащ, итIанэ Налшык къакIуэ кхъухьлъатэм дыкъригъэтIысхьащ.
— Къуажэм щекIуэкI гъащIэм, лэжьыгъэм теухуауэ сыт къыджепIэн?
— Сэ илъэс 20-м нэблагъэкIэ хьэрыпыбзэмрэ инджылызыбзэмкIэ тэрмэшу сылэжьащ. Мы къуажэм дыкъыщыIэпхъуагъащIэм «Пэрыт» зэгухьэныгъэм и Iэтащхьэ СтIащ Ахьмэд къуажэ унафэщIым деж сишат. СхузэфIэкIыну лэжьыгъэм сыпэрыхьэну сыхуейуэ, инджылызыбзэмкIэ езгъэджэн мурад сиIэти, зы егъэджакIуэ диIэщи, дрокъу, жаIэри къысхуадакъым. ИтIанэ, си унагъуэр цIыхуитху щыхъукIэ, сом мини 5 нэхъ мыхъуми мазэм къысхэхъуэу щытамэ арат, жысIэри, ныбжьыщIэ гупым инджылызыбзэкIэ садэлэжьэну сыхуеящ. Ари хъуртэкъыми, Налшык сыкIуэурэ «Тамерис» шхапIэм тIэкIурэ сыщылэжьащ. Ари къызэхьэлъэкIырт, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, мыбдежым автобус гъунэгъуу къекIуалIэркъым, сыхьэтихым сыдэкIырт, лъэсу зыкъом зэпысчырти, сыхьэти 9-м къалащхьэм сынэсырт. Пщыхьэщхьэм сыхьэтибл хъуху сылажьэрти, сыкъызэрыкIуэжын згъуэтыртэкъым, сызэмыса щIыIэр абы хыхьэжати, гугъу сехьауэ жыпIэныр мащIэщ. АрщхьэкIэ, иужькIэ Прохладнэ дэт «Велес-Агро» ООО-м и джэд фермэм лэжьэн щыщIэздзащ, зы жэщ-махуэ сылажьэмэ, тIу сыдэсщи, хадэм ситщ, пщIантIэм зыгуэрхэр щызощIэ.
СтIащ Исам и унагъуэ дахэр. — ЩIалэхэм адыгэбзэр къазэрыгурыIуэм, урысыбзэкIэ зэрыпсэлъэфым гу лъыстащ. Дауэ яхэзагъэрэ я ныбжьэгъухэм, щIыпIэщIэр ягу ирихьрэ?
— ЩIалэ нэхъыжьитIыр, Хьэзимрэ (илъэс 18) Мухьэмэдрэ (илъэс 17) хъыджэбзхэм ядэгушыIэурэ урысыбзэр хъарзынэу зрагъэщIащ. ЩIалэ нэхъыщIэ Мэжид (илъэс 12) псэлъэн укIытэрти, ари хьэблэ сабийм яхэтурэ, нэхъ есащ. Сирием хьэрыпыбзэр нэхъ щытекIуэу щытамэ, иджы урысыбзэр зрагъэщIэнурэ адыгэбзэм я бзэр хуэныкъуэу къэнэнущ жысIэу согузавэ.
Хьэзим 12-нэ классым щIэсу дыкъэкIуэжащ, хуейт Дамаск щыпсэуну, и классэгъухэр игу пыкIыркъым. Иджыри абыкIэ и гур щыIэщ, ИнтернеткIэ ядопсалъэ. ПIалъэ гуэркIэ дыщыпсэууэ дыкIуэжыну ягугъэти, щыри згъэтIысри яжесIащ: Сириер дэркIэ щыIэжкъым. Мыращ ди Хэкур.
Зауэр Iэмал тхуэхъуауэ арат?
СтIащ Исам фIыуэ зэгъэпэщыжын хуей и унэ лъапсэшхуэм еплъытмэ, зэщIэкъуа цIыкIущ Гъыш Ани- уар — Хъусен здэIэпхъуар. ИжьырабгъумкIэ тет пэшищ хъу унэр, сэмэгурабгъумкIэ тет пщэфIапIэр, а тIур зэпызыщIэ гаражымрэ гуэщымрэ къещIэкIащи, пщIантIэ зэпэплIимэр асфальт илъу къабзэлъабзэщ. Аниуар-Хъусенрэ и щхьэгъусэ балъкъэр бзылъхугъэ Зульфиярэ я бынхэр балигъ хъуащ, мэлажьэ, езыхэр я къуэрылъху-пхъурылъхухэм якIэлъыплъу аращ.
СтIащ Мэжид цIыкIу шкIэ зэраIэм щогуфIыкI. Бибарс-Хъусен, Налбий Хъусен, Мухьэмэд-Хъусен сымэ Налшык щопсэу, Аниуар-Хъусен къызэрыджиIамкIэ, лэжьыгъэ къагъуэтащ икIи хъарзынэу хэзэгъащ, хъыджэбз нэхъыжь Люси Иорданием щыдэкIуауэ абы щопсэу, Нанси Налшык щеджащ икIи унагъуэу щопсэу.
— Гугъущ узэса щIыпIэр, псэуалъэ щыбухуар хыфIэбдзэу нэгъуэщI лъахэ уIэпхъуэну, — жеIэ Аниуар-Хъусен. — Ауэ, согупсысри, дэр-дэру зыкъэтIэту апхуэдиз лъандэрэ хэкум дыкъыщымыкIуэжыфкIэ, зауэр Iэмал тхуэхъуауэ арауэ пIэрэт ди адэжь лъахэр зэдгъэгъуэтыжынымкIэ?! Куэд исщ Сирием мыбы къэкIуэжыну хуейуэ, хуэмеиххэхэри щыIэщ. СызэреплъымкIэ, апхуэдэ гухэлъ зиIэ псори занщIэу къежьащ, Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым, Къэбэрдей-Балъкъэрым зрагуэшащ. МафIэм зи щхьэр къыхэнахэм догупсыс, дахуогузавэ, унафэщIхэр зэгурыIуэрэ ахэри къашэжамэ, хъарзынэ хъунут.
Аниуар-Хъусен и унагъуэр Благовещенкэ зэрыIэпхъуэрэ мазэ зыбжанэ хъууэ аращ. И щхьэгъусэри езыри я ныбжь нэсри пенсэ тIысыжащи, къуажэм зэрыдэсыр къехьэлъэкIыркъым, ауэ щIалэгъуалэм лэжьыгъэ зэрыщамыIэр ягу къоуэ.
— Мыбы лэжьыгъэ дэлъкъым, гъунэгъу жылэхэм е Налшык укIуэн хуейуэ аращ. Ди щIалэхэм фэтэр къащтэри, къалащхьэм Iэпхъуауэ мэлажьэ. Дэри дызэшыркъым, хадэм кIэртIоф, нащэ, помидор хэтсауэ абыхэм долIалIэ. Иджы гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэр къэсати, Нанси и пхъумрэ и къуэмрэ къэкIуауэ щыIэщ. Абыхэм дытрагъэу.
Дисанэрэ Альбертрэ яфIэфIщ адэшхуэ-анэшхуэм я деж (Гъышхэ) щыIэну. Куэд щIауэ хэкум къэкIуэжыну зи нэр къикIхэм ящыщт Аниуар-Хъусен. ЗэрыцIыкIурэ Кавказ хэкужьым теухуауэ зэхиха хъыбархэр и жьыщхьэ нэрылъагъу зэрыхъуам щогуфIыкI. Арагъэнщ гугъуехьхэри къыщIытемыхьэлъэр, Сирием къыщына и мылъкуми щIыщIэмыхъуэпсыжыр, и жьыщхьэр махуэ хъуауэ къыщIилъытэр.
«Хэти сыти жрыреIэ, ауэ тIэкIу гугъу уехьми, хуэщIа дыдэу умыпсэуми, хэкум и хьэуа къудейм нэхъ IэфIу уробауэ, жьыбгъэм я нэхъ Iэлри дыджу къыбжьэхэуэркъым», — жеIэ Аниуар-Хъусен.
Дигурэ ди щхьэрэ зэтелъщ
Благовещенкэ щетIысэха бынунагъуэшхуэхэм ящыщщ Хъыжьрокъуэхэ Низаррэ Махьэрэ я унагъуэр. Быным я нэхъыжь Сипсэ Мейкъуапэ щоджэ, Ахьмэдрэ Юсефрэ школакIуэщ, Закарие илъэситху хъуа къудейуэ аращи, сабий гъэсапIэм иратынущ.
Сирием къыщалъхуа, къыщыхъуа Низар къызыхэхуэжа гъащIэщIэм зэрыхэзагъэмкIэ къыщIэддзащ ди псалъэмакъыр.
— Зэ еплъыгъуэкIэ, тыншу схужыIэнукъым къуажэм ущыпсэуну, хадэ зепхьэну. Къуажэ хабзэмрэ псэукIэмрэ хуабжьу дыпэIэщIэу къыщIэкIащ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, дэ Дамаск дыщыпсэуауэ аращ.
Пэжыр жыпIэмэ, лъапсэр инщ, сотых 30 мэхъу. Бжьын, бжьыныху, помидор, нащэ, кIэртIоф жыпIэми мымащIэу хэтсащ, ауэ хадэм и Iыхьэ плIанэращ иубыдар. Адрей къомыр зэкIэ нэщIщ. Илъэс къакIуэ, дыузыншэмэ, щIы псори иубыду хадэхэкIхэр тетсэнщ. Мы гъэм хэтсахэр къызэрыкIам тепщIыхьмэ, щIыр щIыфI хуэдэщ, зыкъом лъандэри зыри хасакъыми, щIыгъэпшэри хуэмыныкъуэу «ишхын» игъуэтынущ.
Хъыжьрокъуэхэ Низаррэ Махьэрэ я щIалищыр я гъусэу. — Лэжьыгъэ уиIэ?
— ДыкъызэрыIэпхъуэрэ солъыхъуэ, ауэ иджыри къэзгъуэтакъым. Мы къуажэм ущылэжьэн иIэкъым, ауэ гъунэгъу жылэхэм зыгуэр щызгъуэтын си мураду солъыхъуэ. Ауэ апщIондэхуи, уи Iэр зэтедзауэ ущыскIэ пшхын бгъуэтынукъым. Аращи, зы махуэ-махуитIкIэ зыгуэрым Iуэху иIэмэ, сыхуолажьэ, абы хуэзэ пщIэр пщыхьэщхьэм къызиту. Ауэ ари зэзэмызэ къыкъуэкIыу аращ, махуэ къэс лэжьыгъэ бгъуэтыркъым.
— Сабийхэм дауэ къащыхъурэ?
— Сабийхэм я Iуэхур нэхъ тыншщ. Я ныбжьэгъу цIыкIухэм я фIыгъэкIэ, бзэри зрагъащIэ, дэ нэхърэ нэхъыфIу урысыбзэкIэ мэпсалъэ. Ахьмэд 10-нэ классым кIуэнущ, Юсеф 6-нэм щIэтIысхьэнущ. Закарие садым еттыну ди мурадщ. Ахэр зэреджэнум сытегузэвыхьу щытати, санаторэм дыщIэсыху бзэхэр зэрырагъэджар сэбэпышхуэ къахуэхъуащ. Иджы езыхэри хъарзынэу хэзэгъа хуэдэщи, гъэ еджэгъуэщIэм нэхъ тегушхуауэ кIуэнущ.
— Куэд щIа фэ фыкъызэрыIэпхъуэрэ?
— Налшык дыкъызэрыкIуэрэ мазэ къакIуэ илъэс хъунущ, Благовещенкэ мазитху хъуауэ дыщопсэу. Гугъу дохь жытIэу дытхьэусыхэ щхьэкIэ, зауэм нэхърэ мынэхъыфI зыри щыIэкъым. Дыкъемыжьэ щIыкIэ ди нэгу щIэкIахэм еплъытмэ, мы фызыIуплъэ лъапсэ ныкъуэщIыр бэлыхьщ. Хэку анэм и куэщI дыкъитIысхьэжащи, дигурэ ди щхьэрэ зэтелъу псэун щIыдодзэ.
Сирием нэхъапэу къыщежьа зэпэщIэувэныгъэхэри, зауэри тлъэгъуащ. Сыт хуэдиз гугъуехьми упэлъэщыфыну къыпщохъу, мафIэм уи щхьэр къыхэпхамэ. Унагъуэ зиIэ цIыхур и щхьэм и закъуэкъым щIэгузавэр, атIэ и бынхэмрэ абыхэм я къэкIуэнумрэ йогупсысри, нэхъ пэжу къилъытэ гъуэгум тоувэ. Куэдрэ дычэнджэщащ, гуитIщхьитIуи дыщытащ здэдунэтIыну лъэныкъуэмрэ дызэрыпсэунумрэ къытхуэмыщIэу. Ауэ фIыгъуэр Тхьэм къахуищIэ мыбы никIа лIыкIуэ гупым.
Щоджэн Уэсмэн и къуитIыр и гъусэу. Иджыри къыздэсым тщыгъупщакъым тлъэгъуа гузэвэгъуэр, сабийхэр щыIуэщхъуи щыIэщ, уеблэмэ. «Кавказ» санаторэм дыщыIэу, Налшык махуэшхуэ гуэр щагъэлъапIэрти, хьэрэкIытIэхэр драгъэуейрт. Закарие и тхьэкIумитIыр иубыдри, гъыуэ унэкум къитIысхьауэ щытащ: «Ди адэ, мыбыи зауэр къэсауэ ара?!», — жери.
— Хъыжьрокъуэхэ исщ Къэбэрдейм. Зыкъыфхуагъэза, зыгуэркIэ дэIэпыкъуэгъу къыфхуэхъуа?
— Санаторэм дызэрыщIэсрэ къыткIэлъокIуэ. Я Iэ къикI къагъанэркъым, гугъуехь гуэр диIэми, захуэдгъазэмэ, дагъэщIэхъуркъым.
КъищынэмыщIауэ, мыбы дыкъэIэпхъуа нэужь, хэт сыткIэ нэхъ хуэкъулейми хъарзынэу къыддэIэпыкъуащ, джэд, хьэжыгъэ, сыт жыпIэми къытхуашащ. Республикэм и унафэщIхэми гукъеуэ яхудиIэкъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, хъарзынэу зыкъытщIагъэкъуащ. Дэ къыдгуро-Iуэ мыбы щыпсэухэми лэжьыгъэ зэрамыгъуэтыр, хуэмыщIаи зэрыщыIэр. Абы папщIэ дэ дызыхуей псори къытхуэфщIэ жытIэу зыми пэдубыдыфынукъым.
Адэжь лъахэм щекIуэкI гъащIэм дыхэзэгъэжыху гугъу дехьми, нэхъыфIым дызэрыхуэзэнум шэч къытетхьэркъым. Лэжьыгъэ дгъуэтмэ, ахъшэ къэдлэжьыфу дыхъумэ, ди унэкIуэцIхэр зыхуей хуэдгъэзэнщ, ди пщIантIэхэр зэдгъэпэщыжынщ.
Хэкум зэрис къудейм гур егъэхуабэ
Щоджэн Уэсмэн и унагъуэр куэд щIауэ щыпсэу хуэдэт Благовещенкэ. И унэ-лъапсэр къращIэкIыу лэжьакIуэ гуп дэтт, я куэбжэпэм машинэ дахэ щытт. И щIалитIыр балигъти, лажьэхэм ядэIэпыкъурт.
Сирием къыщалъхуа, къыщыхъуа Уэсмэнрэ Рэбихьэрэ щIалищ яIэщ. Абыхэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ ирагъэгъуэту, унагъуэ зырызу ягъэтIысыжыныр я хъуэпсапIэ нэхъыщхьэт. Дэтхэнэри IэщIагъэм хурагъэджати, я щхьэ, я унагъуэ Iуэху зэрахуэжыфу, цIыхухэм щып-къэу яхэту адэ-анэр якIэлъыплъыныр арат зыхуэкIуэр. Ауэ Сирием къыщыхъуа зэпэщIэувэныгъэм, иужькIэ зауэм хуэкIуа мафIэ лыгъейр дэтхэнэ зы унагъуэми хуэдэу Щоджэнхи къалъэIэсащ. Куэдрэ гупсысакъым унагъуэр, зэхэтIысхьэри унафэ ящIащ — Къэбэрдей-Балъкъэрым къэIэпхъуэу адэкIэ щыпсэуну.
Уэсмэнрэ Рэбихьэрэ я къуэ нэхъыжь Заур унагъуэу Германием щопсэу. Ар ахъшэкIэ къадэIэпыкъуурэ я лъапсэр зыхуей хуагъазэу аращ. Уэсмэн игъэлажьэхэри Сирием къикIыжахэм ящыщщ. Ари хъарзынэщ — езым и Iуэху докI, и къуэш IэнатIэншэхэми ахъшэ къарегъэлэжь. ЩIа-лэ нэхъыщIитIыр — Мурад- рэ Сибайрэ — езыхэм ящIыгъущ.
Мы унагъуэм ящыщу хэкум и лъагъуэр япэу хэзышар Мурадщ. Ар КъБКъУ-м медицинэмкIэ и факультетым щеджащ. ИтIанэ Сирием игъэзэжри, дзэм къулыкъу щищIащ, клиникэ къызэIуихри, дзэ дохутыру щылэжьащ. ИужькIэ, Налшык къэкIуэжри, ординатурэм щIэтIысхьауэ, СХьР-м зауэр къыщыхъейри, и унагъуэри къыкIэлъыкIуэжащ. Сибай Дамаск щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызригъэгъуэтащ, инженер-электрикщ. Иджы Германием кIуэуэ и IэщIагъэмкIэ щылэжьэну и мурадщ.
Щоджэнхэ Налшык фэтэр къыщащтауэ щопсэу, тхьэмахуитI и пэкIэ зэгъэпэщыжыныгъэ-лэжьыгъэхэм щIадзауэ я лъапсэр зыхуей хуа-гъазэ.
— Унэ цIыкIу къыдатауэ арати, унагъуэр дыщIэхуэн хуэдэу къетщIэкIри, унащхьэ тэмэми тетлъхьэжащ, — жеIэ Уэсмэн. — Иджы гуэщ дэтщIыхьу пщIантIэм плиткэ итлъхьэну аращ, итIанэ унэ кIуэцIхэм я Iуэху зетхуэнущ.
Щоджэнхэ я унагъуэр зыдэсар мазэ зыбжанэ ипэкIэ зыри къыхэмынэжу зэтракъута, адыгэ куэд зыдэса Хьэлэб (Алеппэ) къалэш- хуэрщ.
— Адыгэхэр, абазэхэхэр, бжьэдыгъухэр дахэу дыщызэхэст абы, къэрал властри Iейуэ къытхущыттэкъым, — къыддогуашэ Уэсмэн. — АрщхьэкIэ, ди натIэ къритхар арати, зауэр къэхъейри, хэкум дыкъихужащ. Дигу итлъхьэу, адэжь лъахэм къэдгъэзэжын зэрыхуейрэ куэд щIат, ауэ залымыгъэр къыткIэщIэзэрыхьыху зыдгъэхъеякъым. Пэжыр жысIэнщи, дыщIегъуэжыркъым икIи дгъэзэжын мурад диIэкъым. Дигу къоуэ лэжьыгъэ зэрыщымыIэр, ауэ щIалэхэр дэнэ хуейми ирекIуи ирелажьэ, дэ мы унэм дыщотынш.
Благовещенкэ къуажэр хуабжьу ягу ирохь Щоджэнхэ. Узэрыпсэун тIэкIу уиIэмэ, зебгъэужьыфынущ. «Ди къуэшхэр нэхъыбэу къэкIуэжарэ мы къуажэ цIыкIум къыдэтIысхьэжамэ, ауэ сытми зыдужьыжынт!», — жеIэ унагъуэм и тхьэмадэм.
«Уи хэку жыг закъуэ фIэкI имытми, дунейгъэдахэщ, уисыжыху», — жиIащ адыгэ усакIуэшхуэ КIыщокъуэ Алим. Псэуху зэхуахьэса мылъкур яфIэкIуэдами, къыздэIэпхъуэжам щаIэр мащIэми, я гур яфIэкIуэдыркъым ди лъэпкъэгъухэм. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, адэжь лъахэм зэрис къудейм я гур егъэхуабэ.
НэщIэпыджэ Замирэ,
«Адыгэ псалъэ» газетым и къудамэм и унафэщI,
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым хэт.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29169.txt"
} |
Фыкъеблагъэмэ, ди гуапэщ!
«Черкесия. Возвращение» документальнэ фильмым и презентацэ Налшык дэт Къэрал киноконцерт гъэлъэгъуапIэм мэкъуауэгъуэм и 30-м щекIуэкIынущ.
Ар зи IэдакъэщIэкI Нэгъаплъэ Аскэрбий нэхъапэм трихащ «Черкесия», «Черкесия. Адыгэ Хабзэ», «Черкесия. Чужбина» фильмхэр. Иужьрейр ятеухуащ Косовэ (Албание), Сирием, Иорданием, Тыркум, Израилым, США-м къиIэпхъукIыжу адэжь Хэкум къэзыгъэзэжа адыгэхэм.
ПщIэншэу щIагъэхьэнущ. ЩыщIидзэр сыхьэт 16-рщ.
КъБР-м и «Адыгэ Хасэ» ОО.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29180.txt"
} |
IУАЩХЬЭМАХУЭ
ТIэш Хьэмид
Iуащхьэмахуэ уэсу телъым
Жэщи махуи нэпсыр щIож.
ЩIым и бынхэр щикъухьащи,
Магъыр ар, имыщIэу еш.
Адэжь Хэкум нобэ исыр
Ди нэ-ди псэу фыдолъагъу.
Димыягъэу, димылажьэу
ДыфпэIэщIэщ — къытхуэвгъэгъу.
Iуащхьэмахуэ дымылъагъуми,
Я нэхъ дахэу щIэтщ ди нэгу.
Хамэ щIыпIэ дыщыпсэуми,
Дрогушхуэ — ар ди хэкущ.
Ди анэ дахэу ди Хэкужь,
Ди нэхъыжьхэр димыIэж.
Хамэ щIыпIэм дыкъыумынэу,
Дурибынкъэ — дынэшэж.
Сыт ди лажьэр, ди Хэкужьыр
Дымылъагъуурэ долIэж.
Ди адэр лIами, ди анэр псэукъэ?!
ЦIыкIуи ини дывгъэкIуэж.
ЛIы зыукIым и бэлыхьыр
Илъэс бжыгъэкIэ еух.
Мыухыжу ттелъ бэлыхьым
Дигу хегъэщIыр, лъэр тфIыщIех.
Лыуэ ттелъыр дыдымейми,
Къупщхьэу диIэр Хэкум ейщ…
Дынэшэж уи деж нэхъ псынщIэу,
Адэжь лъахэу Къэбэрдей!
Сирие, КъунейтIрэ
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29185.txt"
} |
Джумхьуррэ Жанрэ я хьэгъуэлIыгъуэ
Тыркум щыщ хьэрычэтыщI Балъкъэр Джумхьуррэ Сирием къыщыхъуа Жэмыхъуэ Жанрэ иджыблагъэ адыгэ унагъуэ дахэ яухуащ. Абыхэм я хьэгъуэлIыгъуэр щыдахащ Тыркум и Джылахъстэней щIыналъэм щыIэ Гёксун къалэжьейм хыхьэ Къарэ-Ахьмэд къуажэм.
НыбжьыщIитIым хуащIа джэгушхуэм хэтащ КАФФЕД-м и тхьэмадэ Шыгъэлыгъуэ Уэджид, абы и къуэдзэ Щоджэн Берсис, ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым хэт, хьэрычэтыщI Къущхьэ Догъан, адыгэ хасэхэм я лIыкIуэхэр, къуажэхэм къикIа хьэщIэхэр.
Хъуажь Фахъри.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29188.txt"
} |
Мы махуэхэм
Мэкъуауэгъуэм и 29, щэбэт
Изобретателымрэ рационализаторымрэ я махуэщ
Дунай псым и махуэщ
Партизанхэмрэ бийм иубыда щIыналъэм щэхуу щылэжьахэмрэ я махуэщ
1940 гъэм Луначарскэм и цIэр зезыхьэ Театральнэ институтым и адыгэ студиер къаухащ Къэбэрдей драмэ театрым и актер хъунухэм.
1993 гъэм УФ-м ЩIэныгъэхэмкIэ и академием и Президиумым и унафэкIэ къызэрагъэпэщащ РАН-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрыр. А IуэхущIапIэр илъэс 20 зэрырикъум и щIыхькIэ къызэрагъэпэщауэ, мэкъуауэгъуэм и 28 — бадзэуэгъуэм и 3-хэм Налшык щекIуэкIынущ дунейпсо симпозиум.
КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Балъкъэр Юрий и ныбжьыр илъэс 66-рэ ирокъу.
Тыркумэным и президент Бердымухамедов Гурбангулы и ныбжьыр илъэс 56-рэ ирокъу.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 30 — 31-рэ, жэщым градус 23 — 24-рэ щыхъунущ.
Мэкъуауэгъуэм и 30, тхьэмахуэ
1908 гъэм Тунгус метеоритыр къехуэхащ.
1908 гъэм Бахъсэн, Дзэлыкъуэ щIыналъэхэм мэкъумэшыщIэхэм зыкъыщаIэтащ.
Армением и президент Саргсян Серж и ныбжьыр илъэс 59-рэ ирокъу.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 27 — 30, жэщым градус 20 — 25-рэ щыхъунущ.
Бадзэуэгъуэм и 1, блыщхьэ
1981 гъэм КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ КIыщокъуэ Алим СССР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм и секретару хахащ.
Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ и лэжьакIуэхэм я концертышхуэкIэ Москва и Театр Иным 1957 гъэм щызэхуащIыжащ Къэбэрдейр езым фIэфIу Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 400 зэрырикъум и щIыхькIэ екIуэкIа махуэшхуэхэр.
Философие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, ЩIДАА-м и академик Джатэгъэжь Владимир и ныбжьыр илъэс 79-рэ ирокъу.
Шэрджэс жылагъуэ лэжьакIуэ, «Хэкужь» щIыналъэ псапащIэ фондым и президент Iэдэмокъуэ Алберд и ныбжьыр илъэс 64-рэ ирокъу.
2008 гъэм екIуэкIа Олимп Джэгухэм я чемпион Хъущт Аслъэнбэч и ныбжьыр илъэс 33-рэ ирокъу.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 29 — 31-рэ, жэщым градус 20 — 25-рэ щыхъунущ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29193.txt"
} |
ЗылI и быну дызэкъуэвгъэувэ
Сирие Хьэрып Республикэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр зыхэт гузэвэгъуэм къыхэшыным, хэкум къэкIуэжахэр зыхуей хуэгъэзэным теухуауэ лэжьыгъэшхуэ щокIуэкI адыгэхэр зэрыс щIыналъэхэм. Зи щхьэр мафIэм хэлъхэми, адэжь лъахэр псэупIэ зыхуэхъужахэми я псэукIэмрэ зыхуэныкъуэ дэIэпыкъуныгъэхэмрэ ятеухуащ «Адыгэ псалъэ», «Адыгэ макъ», «Черкес хэку», «Нарт», «Черкесское зарубежье» газетитхум зэгъусэу къыдагъэкI мы номерыр.
Мыбы итщ Сирием исхэр нобэ зыхэт гузэвэгъуэм лъабжьэ хуэхъуам, зауэм адыгэхэр зыхидза гуауэм теухуа тхыгъэхэр. Мы Iуэхум дызэригъэгумэщIыр, тхузэфIэкI къэдмыгъанэу иужь дызэритыр къегъэлъагъуэ Сирием щыхэхэс ди къуэшхэм ятеухуауэ къыдэдгъэкIа номерым (2012 гъэм щIышылэм и 26-м къыдэкIа «Адыгэ псалъэм») «хьэрып гъатхэр» къызэрежьамрэ абы ди лъэпкъэгъухэр щыхэхэс къэралым къыхуихьамрэ; адыгэхэр къэшэжынымрэ псэупIэкIэ къызэгъэпэщыным пыщIауэ екIуэкI лэжьыгъэмрэ я теухуахэм дыщытепсэлъыхь 94-нэ номер зэхэтым (2012 гъэм дыгъэгъазэм и 25-м къыдэкIам).
Мы къыдэкIыгъуэм папщIэ хэгъуэгуищым я журналистхэм ягъэхьэзыращ КъБР-м, АР-м, КъШР-м зи щхьэр къезыхьэлIэжа ди лъэпкъэгъухэм нобэ щаIэ псэукIэм теухуа тхыгъэхэр. Благовещенкэ, Крем-Константиновкэ, Анзорей, Ерокъуэ (КъБР), Банэхэс (АР), (КъШР) унэ къыщыхуащэхуу ягъэIэпхъуа ди къуэшхэр нобэ йогугъу адыгэ гъащIэм зэрыхэзэгъэжыным. АбыкIэ хуабжьу дэIэпыкъуэгъу мэхъу республикэ унафэщIхэмрэ Дунейпсо Адыгэ Хасэмрэ.
А псоми ятеухуа тхыгъэ убгъуахэр зэрыт къыдэкIыгъуэр дэ иредгъэхьэлIащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и жэрдэмкIэ нобэ Налшык щекIуэкI Дунейпсо Адыгэ зэIущIэшхуэм. Апхуэдэуи нобэ къызэрагъэпэщащ Сирием къина, зи щхьэр мафIэм хэлъ ди лъэпкъэгъухэм зэрадэIэпыкъуну телемарафон. «узэкъуэтмэ, улъэщщ!» жеIэ адыгэм. Нобэ хуэдэ зы махуэщ зылI и быну дыщызэкъуэувапхъэр, ди лъэщагъым, къарум, гущIэгъум ди къуэшхэр щыхуэныкъуэри, псапэ Iуэхум феужьэрэкI.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29195.txt"
} |
КъБР-м и Iэтащхьэмрэ щIалэгъуалэмрэ зопсалъэ
Урысейм и щIалэгъуалэм я махуэр Iэтауэ щагъэлъэпIащ ди республикэми. Абы хэтащ щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, студентхэр, еджакIуэ цIыкIухэр, псапащIэхэр, зэфIэкI зыбгъэдэлъ щIэблэр, нэгъуэщIхэри.
ЗэIущIэр къызэрагъэпэщащ КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ, Спортымрэ туризмэмкIэ и министерствэхэм, Налшык къалэ администрацэм, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым.
Пщэдджыжь дыгъэпсым ХьэтIохъущокъуэм и хадэм щызэхуэса щIалэгъуалэм нэхъыжьыIуэхэри къепщIэпщIэкIырт. Налшык художествэмкIэ дэт школым, Къэзанокъуэ Жэбагъы и цIэр зезыхьэ IуэхущIапIэм, КъБКъУ-м щIэсхэм траха сурэтхэмкIэ, щIалэгъуалэ гупхэм я лэжьыгъэхэмкIэ, сурэтхэмкIэ гъэщIэрэщIа паркым щIэщыгъуэ куэд щыплъагъурт.
Спортым гукъыдэжыр къеIэт, узыншагъэр ирегъэфIакIуэ. Ар наIуэ къыпщащIу, зэIущIэм кърихьэлIа ныбжьыщIэхэм япэ щIыкIэ я Iэпкълъэпкъым зрагъэукъуэдиящ. Гупышхуэ зэрыгъэхъуа щIалэгъуалэм Iэгуауэшхуэ хуаIэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен къащыхыхьам.
Хадэ ихьэпIэм деж къыщыщIэзыдзэ гъэлъэгъуэныгъэм, щIэблэм я IэдакъэщIэкIым гупсэхуу еплъа иужь, къызэхуэсахэм сэлам гуапэ ярихри, я махуэмкIэ ехъуэхъуащ. ЕхъулIэныгъэфIхэр яIэу, республикэм, къызыхэкIа лъэпкъым я цIэр фIыкIэ ягъэIуу, псэуну ехъуэхъуащ щIэгушхуэн щIалэ, хъыджэбз къищIыкIыну зэращыгугъыр яжриIащ абы IэплIэешэкIкIэ къыпежьа школакIуэ цIыкIухэм.
— Иджырей щIалэгъуалэр хиубыдащ икъукIэ зэман гугъум, псынщIэу зызыхъуэжым, щIэщыгъуэм. Пэжщ, а псоми улъэщIыхьэну тыншкъым, ауэ гугъуехьым ущышынэмэ, гъащIэм и IэфIыр пхузыхэщIэнукъым, — жиIащ Къанокъуэм.
ЩIэблэр зыгъэпIейтеймкIэ КъБР-м и Iэтащхьэм зыхуагъэзэну хуит щащIым, псалъэмакъыр псы ежэхыу ирашэжьащ. ЗыщIэупщIэнухэр куэду къыщIэкIащ. Абыхэм ящыщ зыт школакIуэхэм зэщхьу захуэпэн хуейуэ къилъытэрэ-къимылъытэрэ.
— ЦIыхур зыгъэдахэр и гъэсэныгъэрщ. Нэхъапэр фащэракъым, атIэ а еджапIэм сабийм щрагъэгъуэт щIэныгъэрщ. Ауэ зэщхьэщыкIыныгъэ лей ямыIэу школакIуэ псоми зы фащэ зэрахьэным фIы куэд пылъщ, — жиIащ КъБР-м и Iэтащхьэм.
Лэгъупыкъуу зэтепщIыкIырт упщIэхэр: Налшык шахмат джэгупIэшхуэ къыщызэIухыным, республикэм и Iэтащхьэм спортым хухих зэманым, «Мэшыкъуэ», «Селигер» хуэдэхэм ещхьу ди республикэми щIалэгъуалэм я зыгъэпсэхупIэ къыщызэгъэпэщыным, хамэ къэрал щеджэну ягъакIуэхэм зэфIэкI зыбгъэдэлъ ныбжьыщIэ нэхъыбэ хагъэхьэным, псапащIэ Iуэхухэм, нэгъуэщI куэдми теухуат ахэр.
КъБР-м и Iэтащхьэм дэтхэнэми хуэфащэ гулъытэ хуищIащ, упщIэ къэс гупсэхуу жэуап яритащ.
Къызэхуэсахэм ямыгъэщIагъуэу къэнакъым ди республикэм и Iэтащхьэм и жыпым илъынкIэ хъунум, абы къыздрихьэкIым зы щIалэ щыщIэупщIам. Куэдрэ мыгупсысэу Къанокъуэм и бгъэ жыпым кърихащ и махуэгъэпс тхылъымпIэр. Абы жиIащ махуэ къэс ищIэну и мурадхэр тхауэ сыт щыгъуи зэриIыгъыр, Iэмал зэриIэкIэ, ахэр зэригъэзэщIэным яужь зэритыр.
УнафэщIыр дэзыхьэххэмкIэ къыщеупщIым, абы жиIащ зызыхъуэж дунейм и щэхухэр къищIэну, езыми зиужьыну сыт щыгъуи яужь зэритыр, тхылъ еджэныр зэрыфIэфIыр, сыт хуэдэ Iуэху пэрымыхьэми пашэу щытыну зэрыхущIэкъур. Къанокъуэм ди щIалэгъуалэр иущиящ я бзэр ящымыгъупщэу, къызыхэкIам яхуэфащэу, пщIэ яIэу зэрыпсэуным хущIэкъуну.
— Гупсысэрэ псалъэу, я ныбжькIэ яхуумыгъэфэщэн акъыл ябгъэдэлъу диIэр мащIэкъым. Сыт щыгъуи сфIэфIщ апхуэдэхэм сабгъэдэсыну. Гъуазэ фхуэхъун, фызыдэплъеин куэду диIэщ, — жиIащ Къанокъуэм.
КъБР-м и Iэтащхьэм щIалэгъуалэм защимыгъэнщIу, фIэгъэщIэгъуэну яхэсащ, ауэ пэ зиIэм кIэи иIэщ — къызэхуэсахэм сэлам гуапэ ярихыжри, Къанокъуэ Арсен иджыри зэ жиIащ ди лъэпкъ хабзэхэр тхъумэжу, дунейми зыдедгъэкIуу дыпсэуным нэхъыфI зэрыщымыIэр.
Махуэм и кIыхьагъкIэ ХьэтIохъущокъуэм и хадэм нэгузыужь концертхэр, гъэлъэгъуэныгъэхэр щекIуэкIащ. Урысейм и щIалэгъуалэм я махуэр гукъинэж ящыхъуащ ди лъахэгъу ныбжьыщIэхэм.
Щомахуэ Залинэ.
Сурэтыр Мамий Руслан трихащ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29197.txt"
} |
КъБР-м ЦIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министерствэм, КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм, республикэ, район газетхэм я лэжьакIуэхэм гущIыхьэ ящыхъуащ «Лескенская газета» газетым и къудамэм и унафэщI Хужьокъуэ Александр Машэ и къуэр гуузу зэрыхэкIуэдар икIи абы и Iыхьлыхэмрэ и благъэхэмрэ яхуогузавэ
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29202.txt"
} |
Африкэм и етIуанэ командэ къыхэхари къапэщIэтыфакъым
Япэ дивизионым 2013 — 2014 гъэхэм щекIуэкIыну зэхьэзэхуэм зыхуэзыгъэхьэзыр «Спартак-Налшыкым» Тыркум аргуэру зэныбжьэгъугъэ зэIущIэхэр щригъэкIуэкIащ.
Мэкъуауэгъуэм и 25-м ди щIалэхэр тIэунейрэ IущIащ Африкэм и етIуанэ командэ къыхэхам. «Спартак-Налшыкым» щыджэгухэмрэ абы хагъэхьэну зыкIэлъыплъхэмрэ зэхэту япэщIыкIэ губгъуэм кърагъэхьащ. Абыхэм 3:1-уэ я хьэрхуэрэгъухэр хагъэщIащ. Гуэщокъуэ Арсен топитI дигъэкIащ, къищынэмыщIауэ, къыхэжаныкIащ ди командэм хагъэхьэну зыкIэлъыплъ, зи цIэр зэкIэ кърамыIуэ щIалэр.
ЕтIуанэ зэIущIэм щыджэгуащ «Спартак-Налшыкым» и футболист нэхъыфIхэр. Ахэр Африкэм и командэ къыхэхам 8:0-у текIуащ. Топхэр дагъэкIащ Медведевым (3), Сирадзе (3), Тимошиным, Руа.
Вэсэмахуэ ди щIалэхэм иужьрей зэныбжьэгъугъэ зэIущIэр Тыркум щрагъэкIуэкI зыгъэсэныгъэм щрагъэкIуэкIащ. Хьэрхуэрэгъу къахуэхъуа Азербайджаным и «Симург» командэр налшыкдэсхэм ерыщу къапэщIэтащ. АрщхьэкIэ джэгум и 70-нэ дакъикъэм Гуэщокъуэ Арсен топ закъуэр яхудигъэкIри, 1:0-у «Спартак-Налшыкыр» текIуащ.
Дыгъуасэ ди щIалэхэм Налшык къагъэзэжащ. Тыркум абыхэм зыщыхуагъэхьэзыращ мы тхьэмахуэм щIэзыдзэну, Урысей Федерацэм футболымкIэ и япэ дивизионым и чемпионатым. Зыгъэсэныгъэхэм къадэкIуэу, зэныбжьэгъугъэ зэIущIиплI ирагъэкIуэкIати, псоми щытекIуащ.
Ди щIалэхэр зэбграш
«Спартак-Налшыкымрэ» Урысей Федерацэм и щIалэгъуалэ командэ къыхэхамрэ я гъуащхьауэ щIалэщIэ Болэ Руслан премьер-лигэм щы-джэгу «Краснодар»-м и щIыхьыр дяпэкIэ ихъумэнущ.
Илъэс 19 зи ныбжь Болэ Руслан къыщалъхуари топджэгум зыщыхуигъэсари Налшыкщ. 2010 гъэм «Спартак-Налшыкым» и щIалэгъуалэ гупым хагъэхьащ. Абы лъандэрэ ди республикэм и щIыхьыр ихъумэу къэралпсо утыку итщ. 2012 гъэм «Спартак-Налшыкым» хэту премьер-лигэм джэгун щригъэжьащ икIи иджы зыхыхьа «Краснодар»-м зы топ щыхудигъэкIащ.
И ныбжьыр илъэс 16 хъууэ Урысей Федерацэм и ныбжьыщIэ командэ къыхэхам ар ирагъэблэгъащ икIи абы лъандэрэ зэпымыууэ ираджэ, я хьэрхуэрэгъухэм топ зыбжанэ яхудигъэкIынуи хунэсащ. Зэныбжьэгъугъэм и кубокыр мы гъэм и пэщIэдзэм къихьащ.
Болэ Руслан илъэсищкIэ «Краснодар»-м хэтыну Iэ тридзащ. А командэ дыдэм ехъулIэныгъэ иIэу иджыпсту щоджэгу нэгъуэщI ди зы лъахэгъуи — гъуащхьэхъумэ Нэхущ Руслан.
Жыласэ Заурбэч.
Министерствэхэм я зэхьэзэхуэ
КъБР-м и министерствэхэмрэ ведомствэхэмрэ я лэжьакIуэхэм илъэс къэс ирагъэкIуэкI спартакиадэм хэту, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Парламентыр илъэс 75-рэ зэрырикъум ирихьэлIэу, Налшык и «Спартак» стадионым футбол цIыкIумкIэ зэпеуэ щызэхаублащ.
КъБР-м Лэжьыгъэмрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм бжыгъэр 4:2-уэ ФинансхэмкIэ министерствэм и гупыр хигъэщIащ, Спортымрэ туризмэмкIэ министерствэм и футболистхэр 5:2-уэ ТранспортымкIэ, связымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ министерствэм текIуащ.
КIэух зэIущIэм саугъэт нэхъыщхьэхэм щыщIэбэнынущ. Абы щызэпэщIэтынущ финал ныкъуэм щытекIуахэу Спортымрэ туризмэмкIэ, Лэжьыгъэмрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ министерствэхэр.
Гъэунэ Светланэ,
КъБР-м Спортымрэ туризмэмкIэ
и министерствэм и
пресс-IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29205.txt"
} |
КъэзыгъэувыIэф щыIэкъым зэманыр
Илъэс хыщIыр тхыдэм и дежкIэ зэман кIыхькъым, ауэ цIыху гъащIэм тепщIыхьмэ, зы пычыгъуэфI мэхъу. Сэ зи гугъу сщIынур апхуэдэ зы Iыхьэщ: 1953 гъэм Налшык дэт педучилищэм (иджы колледж) пэщIэдзэ школхэм щылэжьэну къыщIигъэкIа IэщIагъэлIхэм ящыщу зы гупым я гъащIэр, лэжьыгъэр зэрекIуэкIарщ.
Джэрмэншык къуажэм дэт илъэсибл еджапIэр (абы щыгъуэ илъэсипщI еджапIэ дэтакъым) 1949 гъэм къэдухри КIэрэф Аслъэнбий, Къардэн Лолэ, зэкъуэшитIым драбыну ЛIупхэ Сэлэдинрэ сэрэ Налшык дэт педучилищэм дыщIэтIысхьащ. Гъэ еджэгъуэм щыщIэддзам гупым хэс цIыху 25-м зэрыцIыхуу яхэтыр мащIэми, зэман кIэщIым къриубыдэу псори нэIуасэ дызэхуэхъуащ. Апажэ ХуаркIэ, МафIэдз Таужан, ПщыхьэщIэ Мухьэрбий сымэ ди къуажэр къызыхэкIа Щхьэлыкъуэ щыщхэт, Балъкъэр Лидэ, Белгъэрокъуэ Любэ, Пщыгъуэш Лонэ сымэ Дей къуажэм къикIат, адрейхэр къуажэ зырызт.
Педучилищэм и унафэщI Шота МутIалиб зыкъызэрытхуигъэзауэ щыта псалъэмакъ дахэм дытету илъэсиплIми деджащ, щапхъэ тэмэм къэдгъэлъагъуэу. Ди егъэджакIуэхэу Панченкэ Марие, Шыбзыхъуэ Нинэ, Лоренц Наталье, Крапивин Капитон, Иванов Николай, Зрюкинэ Галинэ, Iулыдж Сосрыкъуэ, Маравичев Александр, Грудзинский Александр, Омельченкэ Василий, Игонин Анатолий, Сиданов Павел, Геллер Надеждэ, Мужевэ Татьянэ, Уэрсей Фаинэ, Богомолов Юрий, Долгих Александр, Устюжанов Иван, МафIэдз Мухьэмэд сымэ я къарурэ зэманрэ емыблэжу драгъэджащ, дагъэсащ. Анэм хуэдэу къыдбгъэдэтащ илъэсиплIми ди класс унафэщIу щыта Погореловэ Клавдие.
Дезыгъаджэхэр дэркIэ щапхъэт. Стипендие къэзымыхьыфу гупым къытхэтыр зытIут. А лъэхъэнэм «3» къэпхьамэ, стипендие къуатыртэкъым. Абы къыхэкIкIэ, дэтхэнэри фIыуэ зэре-джэным яужь итт. Еджэным къыдэкIуэу, ди классым щыщ куэд педучилищэм и комсомол, профсоюз, спорт Iуэхухэм, къэфакIуэ, уэрэджыIакIуэ гупхэм хэтт. Орджоникидзе къалэм 1951 гъэм и гъатхэм уэрэдымкIэ щекIуэкIа зэхыхьэм дыхэтат ди гупым щыщ куэд. Апхуэдэу жыджэру дыкIуэрт накъыгъэм и 1-м, щэкIуэгъуэм и 7-м екIуэкI цIыхубэ пэкIухэм.
Къэбэрдей театрым и артистышхуэ Тубай Мухьэмэд ди унафэщIу, режиссёру КъардэнгъущI Зырамыку и пьесэ «Къанщобийрэ Гуащэгъагърэ» жыхуиIэр дгъэувауэ щытащ. Сэ Къанщобий и ролыр згъэзэщIащ. Абы щхъухь хэлъу ирифа махъсымэм «щигъэлIам», залым щIэсхэр гъырт, псом хуэмыдэу а зэманым абы щеджэ ди къуажэгъу хъыджэбзхэу Ажий Люся, Къардэн Аслъижан, МафIэдз Зое, Соблырхэ Женярэ Мариерэ.
Апхуэдэу зэрыжысIэм щхьэкIэ гугъуехь дыIумыщIауэ аракъым.
Илъэс къэмынэу гъавэ къехьэлIэжыгъуэм колхозым мазэкIэ дыщылажьэрт. 1951 гъэм зэи сщыгъупщэжкъым. Абы и бжьыхьэм, сентябрым и 25-м щыщIэдзауэ ноябрым и 15-м нэс, бжьэхуц къыщетхьэлIэжат ХьэпцIей къуажэм. ЩIалэ цIыкIуипщI дыхъуу дызыщIагъэтIысхьа унэм зыри щыпсэужыртэкъым, бгынэжат, хьэку щIэттэкъым, ди уэншэкур унэ лъэгум щикъухьа хьэуазэти, дыхуэпауэ дыжейрт. Шхэгъуищми хьэлIамэрэ хьэлIамэпсрэ ди шхыныгъуэу арат. Гупым ди унафэщIу щыта Иванов Николаи Игонин Анатолии дэ тшхырат яшхыр.
Хьэуазэм десэжат дэ. Общежитым ди уэншэкухэми щхьэнтэхэми хьэуазэщ илъу щытар. Хьэуазэр «Кэнжэ» колхозым я пыпхъуэхэм къыщытщтэрт. А зэманым автобус щыIэтэкъыми, гъуэгурыкIуэ машинэхэм дэс шоферхэм ягу къытщIэгъуу драмыгъэтIысхьэмэ, щхьэж и жылэ лъэсу дыкIуэжырт. Дэ ди къуажэм нэс километр 30 дэлът. Сэлэдинрэ сэрэ гъуэрыгъуэу щэбэт къэс дыкIуэжырти, чыржын, кхъуей, шху кIэрзинэкIэ къэтхьырт, примускIэ дыпщафIэрт. Псом хуэмыдэу гугъу ехьырт къуажэ жыжьэхэм къикIахэр.
Сыт хуэдэ гугъуехь дыхэмытами, 1953 гъэм педучилищэр къэдухащ. Дипломхэр къыщыдатыжым еджапIэм и унафэщI Iулыдж Сосрыкъуэ къыджиIауэ щыта псалъэ гуапэхэр, и чэнджэщ Iущхэр гупым щыщ дэтхэнэми гъащIэм къыщыхуэсэбэпауэ си гугъэщ.
Къыздеджахэу Апажэ ХуаркIэ, МафIэдз Таужан, ПщыхьэщIэ Мухьэрбий сымэ щалъхуа Щхьэлыкъуэ къуажэ, Белгъэрокъуэ Любэрэ Пщыгъуэш Лонэрэ — Астемырей, ЛIуп Сэлэдин — Джэрмэншык, Балъкъыз Марьян — Шэджэм ЕтIуанэ, КIэрэф Любэ, Магамедов Магамед — Налшык къалэ, Балъкъэр Лидэ — Дей, Нэзрэн Люся — Кэнжэ, Нафо Розэ — Иналхьэблэ, Батыр Залым — Псыхъурей, Мусэ Хьэнифэ — Къармэхьэблэ, ХьэбытIэ Симэ — Дзэлыкъуэкъуажэ, Амщокъуэ ХьэIишэт — Брамтэ, Урыс ШэIимэт — Ислъэмей, Гамазовэ Нинэ — Осетием и Ираф районым ягъэкIуауэ щытащ, щIэблэр ирагъэджэну, ягъэсэну.
3-нэ курсым дыщIэсу КIэрэф Аслъэнбий дзэм къулыкъу щищIэну дашауэ щытащ, и ныбжьыр нэсати. Ди класс унафэщIыр ди гъусэу, Ас-лъэнбий мафIэгум идгъэ-тIысхьауэ щытащ, къулыкъур ирихьэкIыхукIи дызэхуэтхащ. Дзэ нэужьым училищэри университетри къиухыжри, Джэрмэншык школым щылэжьащ, пенсэм кIуэху.
Хьэгъур Риммэрэ сэрэ Къэбэрдей пединститутым дыщIэтIысхьащ, 1957 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университет ящIам япэ къыщIигъэкIа IэщIагъэлI гупым дахэту 1958 гъэм ар къэдухащ. Даур Симэ Алма-Ата дэт университетым и юридическэ къудамэм щIэтIысхьэри ехъулIэныгъэкIэ 1958 гъэм ар къиухащ, икIи, Налшык къигъэзэжри, пенсэм кIуэху и IэщIагъэм ирилэжьащ.
Адрей къыддеджахэм ящыщ куэдми КъБКъУ-р къаухащ, зэрылажьэм хуэдэурэ. Дэнэ щIыпIэ щымылэжьами, сыт хуэдэ IэнатIэ пэрымытами, къыздеджахэм хьэлэлу я къалэныр ягъэзэщIащ. Абыхэм яхэтщ къэрал дамыгъэхэр, цIэ лъапIэхэр зыхуагъэфэщахэри. Парт, совет, хозяйствэ IэнатIэхэм щылэжьахэри къытхэтащ. Къэбэрдей-Балъкъэр Культпросвет училищэм илъэс куэдкIэ и унафэщIу щытащ Хьэгъур Риммэ, Мусэ Хьэнифэ Къармэхьэблэ дэт щэнхабзэмкIэ унэм и пашэу щытащ, сэри Джэрмэншык курыт еджапIэм и унафэщIу, колхоз парторганизацэм и секретару, колхоз тхьэмадэм и къуэдзэу сылэжьащ.
Хэт дэнэ щымылэжьами, дызэрыщIэу, дызэхуэзэу гъэхэр етхьэкIащ зэкурсэгъухэм. Училищэр къызэрыдухрэ илъэс 20 щрикъум, ди егъэджакIуэу щытахэр къытхэту зэхуэс диIащ, ауэ куэд абы кърихьэлIэфакъым.
Ди жагъуэ зэрыхъунщи, зэманыр къэзыгъэувыIэф щыIэкъым, гъащIэр макIуэ. Дэ нобэ къытхэтыжкъым Батыр Залым, Балъкъыз Марьян, КIэрэф Аслъэнбий, Нэзрэн Люся, ПщыхьэщIэ Мухьэрбий, ЛIуп Сэлэдин сымэ. Дунейм ехыжащ дезыгъэджа, дызыгъэса егъэджакIуэ щыпкъэхэри. Къытхэмытыжхэм я ахърэт Тхьэм нэху ищI. Ауэ абыхэм я бынхэр, я къуэрылъху-пхъурылъхухэр псэущ, я Iуэху дахэр адэкIэ ягъэкIуатэ, я фэеплъыр яхъумэри, узыншэу куэдрэ Тхьэм игъэпсэухэ.
ЛIУП Нурхьэлий.
Джэрмэншык къуажэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29209.txt"
} |
ЕгъэджакIуэхэм уэрэд жаIэ
Гъэ еджэгъуэм и кIэм ирихьэлIэу, Тэрч къалэ зэхьэзэхуэ-фестиваль купщIафIэ щекIуэкIащ, «ЗэчиифIэхэм я вагъуэбэ» фIащауэ. Курыт еджапIэхэм я уэрэджыIакIуэ гупхэр зэпегъэуэныр зи жэрдэмыр районым ЕгъэджэныгъэмкIэ и управленэмрэ егъэджакIуэхэм я профсоюзым и район комитетымрэщ.
Курыт школ 15-м щыщ цIыху 225-рэ зыхэта зэпеуэм щыIуащ классикэм къыщыщIэдзауэ лъэпкъ уэрэдыжьхэм деж щыщIэкIыжу.
Фестивалым и иужьрей пшыхьыр къызэIуихащ Новэ-Хьэмидей курыт школым и хорым. Абыхэм ягъэзэщIащ «Мой дом — Россия» уэрэдыр.
Сабий творчествэмкIэ центрым къикIа гупым фестивалым кърихьэлIахэм я гур яхьэхуащ адыгэ уэрэдыжьхэмкIэ. Абыхэм я пашэт егъэджэныгъэ IэнатIэм илъэс 48-рэ хъуауэ пэрыт, «УФ-м ЦIыхубэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ и отличник» цIэр зыфIаща Хъупэ Мухьэдин. Лэжьыгъэм и ветераным зэхьэзэхуэм и саугъэт щхьэхуэкIэ хуэупсащ. Гур хагъахъуэу зыкъагъэлъэгъуащ хьэмидей щыщ егъэджакIуэхэми.
Тэрч районым и щIыпIэ администрацэм и унафэщI Пэнагуэ Максим къыхигъэщащ фестивалыр купщIафIэу зэрырагъэкIуэкIари, цIыху куэд абы къызэрекIуэлIари и гуапэ зэрыхъуар. Ахэр къилъытэри, Пэнагуэм фестивалым и саугъэт фондыр (сом мин 40 хъур) тIукIэ игъэбэгъуащ.
Зэхьэзэхуэм и Гран-примрэ ахъшэ саугъэтрэ хуагъэфэщащ Новэ-Хьэмидей курыт школым и уэрэджыIакIуэ гупым.
Япэ увыпIэр Красноармейскэ школым, етIуанэр — Хьэмидей курыт еджапIэм иратащ, ещанэ увыпIэр Тэрч къалэ и лицей №1-мрэ Борыкъуей школымрэ зэдагуэшащ.
Ахъшэ саугъэтхэр хуагъэфэщащ зэпеуэм и Iыхьэ хэхахэм пашэ щыхъуахэми. Фестивалым хэта зы школи гулъытэншэ ящIакъым.
«Дэтхэнэ егъэджакIуэми езым и Iуэху бгъэдыхьэкIэ, гупсысэкIэ хьэлэмэт зэриIэжыр быдэу ди фIэщ ищIащ мы зэхьэзэхуэм», — жиIащ Тэрч районым егъэджэныгъэмкIэ и управленэм и унафэщI Вэрий Маринэ.
КIУАНТIЭ Замирэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29213.txt"
} |
Зэныбжьэгъугъэм и усакIуэ
Шэрджэс тхакIуэ цIэрыIуэ Гъуэщокъуэ Хъусин къызэралъхурэ нобэ илъэси 100 ирокъу
Шэрджэс усакIуэ пажэ Гъуэщокъуэ Хъусин 1913 гъэм бадзэуэгъуэм и 2-м Хьэбэз къуажэм къыщалъхуащ. МэкъумэшыщIэ унагъуэм къыхэкIа щIалэ цIыкIум пасэу лэжьэн щIидзащ. 1933 — 1935 гъэхэм Гъуэщокъуэр фабрикэ-завод комитетым и унафэщI хъуащ. 1935 гъэм ар дзэм къулыкъу щищIэну ираджащ. Армэ нэужьым Хъусин парт IэнатIэ зэхуэмыдэхэм пэрытащ.
1941 гъэм нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэхэр ди къэралым къыщытеуам, Гъуэщокъуэр фронтым Iухьащ. Зауэм лIыгъэрэ хахуагъэрэ зэрихьэу зэрыхэтам папщIэ, къэрал дамыгъэхэр — Хэку зауэ орденым и езанэ, етIуанэ нагъыщэхэхр, «Вагъуэ плъыжь» орденыр, «Сталинград хуит къызэращIыжам папщIэ», «Прагэ хуит къызэращIыжам папщIэ», «Германием зэрытекIуам папщIэ» медалхэр къыхуагъэфэщащ.
Гъуэщокъуэр Хэку зауэшхуэ нэужьым мамыр гъащIэр ухуэным хыхьэжащ. 1949 гъэм Хъусин «Шэрджэс пэж» газетым и редактор IэнатIэм пэрыту Ставрополь щыIэ парт школым ягъэкIуащ. Ар къиуха нэужь, КПСС-м и Къэрэшей-Шэрджэс обкомым и парт-профсоюз, комсомол IуэхущIапIэхэм я къудамэм и унафэщIым и къуэдзэу лэжьащ. 1954 гъэм «Шэрджэс пэж» газетым и редактор лэжьыгъэм пищэжащ. РСФСР-м и ТхакIуэхэм я союзым и правленэ 1958 гъэм Шэрджэсым къыщызэIуахащ. Гъуэщокъуэр хахащ абы и унафэщIу. СССР-м и ТхакIуэхэм я зэхуэсхэм зыбжанэрэ хэтащ.
ТхакIуэр и къару емыблэжу зэрылэжьар къэралым къилъытэри, «Лэжьыгъэм и бэракъ плъыжь», «ЩIыхьым и Дамыгъэ» орденхэр къратащ.
Хъусин 30 гъэхэм тхэн щIидзащ. 1940 гъэм къыдэкIащ «Усэхэмрэ уэрэдхэмрэ» зыфIища и япэ тхылъыр. Абы къыкIэлъыкIуащ «Нурыр — къущхьэхэм» (1952 гъэ), «Усэхэмрэ поэмэхэмрэ» (1953 гъэ), «Гум и макъ» (1955 гъэ), «Дыгъэр къуажэхэм ятопсэр» (1957 гъэ), «Гъатхэ. Усэхэмрэ поэмэхэмрэ» (1958 гъэ), «Адэмрэ къуэмрэ» трилогиер (1959 гъэ), «ГуащIэдэкIкIэ хэкур дгъэлъэпIэнщ» (1961 гъэ), «ГъащIэм и къежьапIэ» (1968 гъэ), нэгъуэщIхэри. Гъуэщокъуэм и усэхэм къытращIыкIащ цIыхухэм хуабжьу фIыуэ ялъагъу уэрэд тIощIым щIигъу. Къыхэгъэщыпхъэщ Хъусин и усэхэр урысыбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, нэгъуэщIыбзэхэмкIэ зэрадзэкIыурэ къызэрыдагъэкIари.
Абы къыщIэна тхыгъэхэмрэ усэхэмрэ курыт школхэм, еджапIэ нэхъыщхьэхэм щадж.
ЩIэр гукIи псалъэкIи игъафIэрт
Шэрджэс литературэм усыгъэкIэ къыхыхьа Гъуэщокъуэ Хъусин и зэфIэкIым нэхъ зыщиужьар, ар цIэрыIуэ щыхъуар Хэку зауэшхуэм иужь лъэхъэнэрщ.
ГъащIэм къыщыхъуа зэхъуэкIыныгъэхэр, щхьэхуит псэукIэр къигъэлъэгъуэн папщIэ, Гъуэщокъуэм япэм мэкъумэшыщIэхэм ятелъа бэлыхьымрэ яшэча гугъуехьымрэ иджы цIыхубэм игъуэта псэукIэм ирегъапщэ, ирелъыт, фызэхуеплъи, нэхъ гъащIэфIыр къыхэфх, жиIэ хуэдэу. А щIыкIэм тету гъэпсащ «Аращ псэукIэу дэ диIар», «Си Хэку», «Насыпыпс», «Щхьэхуит къэхъужа къущхьэдэс бзылъхугъэ», «ИгъащIэкIи дызэгъусэу» усэхэр, нэгъуэщIхэри.
Лъэпкъым и цIыху гуащIафIэхэм зэфIагъэкI лэжьыгъэфIхэм, Хэкум щекIуэкI Iуэхушхуэхэм, зыужьыныгъэм усакIуэр гурэ псэкIэ щогуфIыкI. Псом хуэмыдэу ар ирогушхуэ щхьэхуитыныгъэм, гъащIэм къыщыхъу зэхъуэкIыныгъэфIхэм. А зыужьыныгъэхэр усакIуэм дэнэ щIыпIи щелъагъу: губгъуэ хьэсэми, Iэщ фермэхэми, къуажэхэмрэ къалэхэмрэ ягъуэт теплъэхэми, лъахэм къихъуэ фабрикэхэмрэ заводхэмри. Игу къабзэм къыбгъэдэкI псалъэ фIэрафIэхэр усакIуэм яхужиIащ адыгэ мэкъумэшыщIэм, бзылъхугъэм, и щIыналъэм и нобэмрэ пщэдеймрэ, псэукIэщIэм хапIыкI щIэблэм, нэгъуэщI Iуэхугъуэхэми.
Щхьэхи езэши имыщIэу усакIуэр щIэм лъыхъуэрт, пэжыгъэмрэ захуагъэмрэ я телъхьэт, зыужьыныгъэм щIэхъуэпс усакIуэм гъащIэм къыщигъуэтыфырт цIыху пажэхэр, гу лъитэрт абыхэм зыхалъхьэ хьэл-щэнхэм, я хъуэпсапIэ-гугъапIэхэм зэрызахъуэжым, абыхэм зэрызаужьым, псори фIым зэрыдэплъеиным емызэшыжу къыхуриджэрт. Абы и лъэныкъуэкIэ гу ялъытапхъэщ «Адэм и ущие», «Хэкум сыт хуэпщIа?» усэхэм.
Гъуэщокъуэм и усыгъэм щIыпIэшхуэ щеубыд лъэпкъхэм яку дэлъ икIи дэлъыпхъэ зэныбжьэгъугъэм, къадэгъуэгурыкIуэ хабзэ-нэмысым, цIыхугъэм гъащIэм щиIэ мыхьэнэм икIи нэгъуэщI Iуэхугъуэ щхьэхуэхэми. Апхуэдэу цIыху гъащIэм и лъэныкъуэ куэдым тепсэлъыхьащ усакIуэр.
ТхакIуэм и лирикэ макъамэр нэхъ гуапэу икIи нэхъ ину къыщоIу гуащIэдэкIым теухуа зауэ нэужь тхыгъэхэм. Абыхэм къыхощыж цIыхухэм зэрахьа лIыхъужьыгъэмрэ яшэча гугъуехьымрэ. УсакIуэм къигъэлъагъуэр ди гъащIэр зыгъэщIэращIэ, ди псэукIэр езыгъэфIакIуэ, насыпыпс къэзыгъажэ ди цIыху лIыхъужьым и хьэл-щэнырщ.
Абы и къалэмыпэм къыщIэкIа тхыгъэхэм яхэтщ цIыхубэ поэзием и хабзэ, и хьэл-щэн нэхъыфIхэмрэ ди нобэрей махуэм и щытыкIэ дахэмрэ. Зэгъэпщэныгъэ тхэкIэр усакIуэм и творчествэ псом щынэхъыщхьэщ.
Хъусин и тхыгъэхэм щыщ куэдыр зытригъэпсар гурэ псэкIэ илъэгъуа и Адэ щIыналъэмрэ Хэкумрэ ефIэкIуэным, абы и цIыхухэм я псэемыблэж лэжьыгъэм я закъуэкъым. Сыт хуэдизкIи гъащIэр куууэ икIи пэжу къызэригъэлъэгъуэным мычэму ар хущIэкъуащ.
УсакIуэм и художественнэ зэфIэкIым, и Iэзагъым зэрызиужьыр къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ лъэпкъ зэхуэмыдэхэм я литературэм фIыуэ щыгъуазэ зэрызыхуищIам, абыхэм я художественнэ хабзэ къулейр IэкIуэлъакIуэу къызэригъэсэбэпыфам. Езы Гъуэщокъуэм и усыгъэм зыужьыныгъэ е Iэзагъ гуэрхэр халъагъуэмэ, ар зи фIыщIэу къилъытэр цIыхубэ IуэрыIуатэмрэ урыс тхакIуэхэу Пушкин Александр, Лермонтов Михаил, Горький Максим сымэ я тхыгъэ гъуэзэджэхэмрэщ. Аращ а усакIуэ, тхакIуэ цIэрыIуэхэм я цIэр, я лэжьыгъэфIхэр, я IуэхущIафэ дахэхэр Хъусин игу куэдрэ къыщIигъэкIыжыр, псалъэ гуапэхэр абыхэм щIахужиIар.
Зэныбжьэгъугъэр, зэкъуэшыгъэр, мамырыгъэр нэхъ IупщIу къызыхэщ и усэхэм ящыщщ «ИгъащIэкIи дызэгъусэу», «Чапаев», «Маяковский», «Киров С. М.» усэхэр.
Хъусин и усэхэм я фIагъым и нагъыщэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ абы Хэкум и теплъэр, и дахагъэр IэкIуэлъакIуэу къызэригъэлъэгъуар. Дунейм и къэхъукъащIэм и къэгъэлъэгъуэкIэм усакIуэм хепщэф цIыхум и гурыщIэ къабзэхэри цIыху гъащIэм игъуэта зыужьыныгъэхэри.
ХЬЭКIУАЩЭ Андрей,
филологие щIэныгъэхэм я доктор.
Урысей Федерацэм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и зэIущIэ Москва щокIуэкI. Пленумым хэтщ Кулиев Къайсын, Гамзатов Расул, КIыщокъуэ Алим, Мустай Карим, Отаров Керим, Жанэ Кърымызэ, Гъуэщокъуэ Хъусин сымэ, нэгъуэщIхэри. 1966 гъэ
Зытепсэлъыхь лъэхъэнэм и пэжыпIэр
Гъуэщокъуэ Хъусин шэрджэс литературэм и зэхэублакIуэхэм ящыщ зыщ. Абы и тхыгъэхэр дунейм къытехьэу щIадзащ тIощI гъэхэм и кIэхэм. Абы къыщыщIэдзауэ Гъуэщокъуэм и къалэмым къыщIэкIащ усэ шэрыуэ куэд, рассказ зыбжанэ, повесть гъэщIэгъуэн, нэгъуэщIхэри.
Гъуэщокъуэм и тхыгъэхэм, псом хуэмыдэу и усэхэм, щыболъагъу насыпым щIэбэну совет цIыхубэм зэпича гъуэгуанэр; усакIуэм и къалэмыр а гъуэгуанэ телъыджэм и тхыдэщ.
УсакIуэр псалъэ гуапэкIэ тотхыхь Хэку-анэм, абы и бын хахуэхэм, лэжьыгъэм и цIыху гуащIафIэхэм, щхьэхуит хъужа цIыхубэм я гъащIэ насыпыфIэм. Абыхэм здытепсэлъыхьым, Гъуэщокъуэм ди нэгу къыщIегъэхьэ дуней псом и хъуэпсапIэу щыта коммунизмэр зыухуа лъэпкъыбэм и гъащIэр, а гъащIэр щIыхьрэ текIуэныгъэкIэ зэрыгъэнщIар, ар насыпым и къэкIуапIэу зэрыщытыр.
Гъуэщокъуэм и лирикэм увыпIэшхуэ щызыубыдхэм ящыщщ социалистическэ хэкум и образыр. Абы теухуащ «Хэку лъагъуныгъэр гъунапкъэншэщ», «ГъащIэр щефIакIуэр си хэкущ», «Хэку насыпыфIэм срикъуэщ» усэхэр, нэгъуэщIхэри. Абыхэм IупщIу щыдолъагъу ди Хэку щхьэхуитым и дахагъэр, и псэукIэ щIэращIэр, и бынхэм хуаIэ лъагъуныгъэр. Хэкум и образыр нэхъ нэрылъагъу къытщищIын мурадкIэ, усакIуэм абы и тхыдэмрэ и нобэрей гъащIэмрэ зэрегъапщэ. Сыт хуэдиз удын къытемыхуами, бгырыс лъэпкъ цIыкIум и хэкур зыми хуэтхьэлакъым. Абы щхьэщылъа пшагъуэ фIыцIэр Октябрь революцэм илыпщIри, хуиту бэуэжащ, абы и тафэ щхъуантIэхэр, уэсылъэ къырхэр хуитыныгъэм и дыгъэпсым зэщIигъэлыдащ, уеблэмэ абы и къуршыпсхэри нэхъ уэр хъуауэ елъагъу усакIуэм. Апхуэдэ хэкум хуэусэныр Гъуэщокъуэм и къалэн лъапIэу елъытэ.
Уи бын куэдхэм сащыщ зыуэ
Уэ уи лIыгъэр согъэлъапIэ.
Социалистическэ революцэм къыдалъхуа псэукIэщIэм шэрыуэу хуэусащ Гъуэщокъуэр. УсакIуэр щогуфIыкI ди Хэкум еджапIэхэр къызэрихъуэм, къэрал гуэн инхэр нартыхум къызэрикъутэм, «гъатхэм хуэдэу ди гъащIэр зэрыгъагъэм», «ди цIыху псоми я гур гуфIэгъуэкIэ зэрыгъэнщIам». УсакIуэм и гуапэщ псэукIэщIэм къихьа гупсэхугъуэр, ди гур здэплъэм ди Iэр зэрынэсыр.
Ди гупсысэр щхьэдох пщэдей махуэм, ди цIыхум я лъэр жыжьэ макIуэ, абы и нурыр пщэдей махуэм, къэкIуэну лIэщIыгъуэхэм топсэ:
Ди пщэдей махуэр нэхъри гуфIэгъуэщ,
Космос жыжьэм гъуэгу щыхэтшащ.
Хэкум игъуэта псэукIэм къыдэкIуэу, Гъуэщокъуэ Хъусин и усэхэм наIуэу щыдолъагъу советскэ цIыхум и хьэл-щэныр. «Уардэ гуфIэгъуэм и макъ», «Комбайнёр пэрыт», «Дыщэ аргъынэ» усэхэм, нэгъуэщIхэми усакIуэм щегъэлъапIэ адыгэ мэкъумэшыщIэр, абы и лэжьыгъэ хьэлэмэтыр. Гъуэщокъуэм и усэхэм дащрохьэлIэ «насыпыр лъыкIэ къэзызэуа» бэнакIуэхэм, гуащIэдэкIым и хъерыр зыгъэбагъуэ мэкъуауэхэм, гъавэ бэвым и вабдзэр щIэзыIукI колхоз гъукIэм, псэуалъэ нэхухэр дэзыщIей ухуакIуэм, «къэрал гуэныр дыщэ хьэдзэкIэ» зыгъэнщI нартыхугъэкI пщащэм, космос жыжьэм нэлъэтыса лIыхъужьым. Ахэр дэтхэнэри гумызагъэщ, ящIар яфIэмащIэщ, нэхъыбэкIэ хэкум зэрыхуэупсэным хущIокъу.
Псэун, лэжьэным си гур хуэкъабзэу,
Нэхъыбэ сщIэным сыщIокъур, — жеIэ Гъуэщокъуэм и лирическэ лIыхъужьым.
Щхьэхуит хъужа бгырыс цIыхубзым и псэукIэм, и насыпым теухуащ «Къущхьэдэс бзылъхугъэхэм я япэ съездым», «Шэрджэсым и япэрей парашютисткэхэм», «ГуащIэдэкIым и лIыхъужь» усэхэр, «Къущхьэдэс бзылъхугъэ» поэмэр. Пащтыхьым и зэманым «гъуанэдэплъу ягъэпсэуа цIыхубзыр» коммунизмэр зыухуэхэм яхэту нобэ мэлажьэ, ар ди гъащIэм и дэтхэнэ IэнатIэми щыболъагъу.
Гъуэщокъуэ Хъусин и повестыр — «Адэмрэ къуэмрэ» — шэрджэс литературэм и нэхъ тхыгъэфIхэм ящыщщ. Повестым щыболъагъу езы тхакIуэм и нэгу щIэкIа куэд, ауэ абы лъабжьэ хуэхъуар ар зыщыгъуазэ дунейм, гъащIэм къыщыхъу-къыщыщIэхэрщ, зытепсэлъыхь лъэхъэнэм и пэжыпIэрщ.
Гъуэщокъуэм и повестым къызэщIиубыдэр Советскэ властыр щыувагъащIэ лъэхъэнэрщ. Октябрь революцэр текIуэу цIыхур щхьэхуит хъуами, абы и гъащIэр дунеижьым къыщIэна куэдым ялъахъэрт, мэкъумэшыщIэхэр къулейсызт, къуэгъэнапIэ зызыщIа бийхэр мащIэтэкъым. Ауэ хэт зэран хъуами, хуитыныгъэ зыгъуэта гуащIэрыпсэур икIуэтыжакъым, гугъуехьхэр къызэринэкIыурэ ар псэукIэщIэм хуэкIуащ.
КЪЭРМОКЪУЭ Хьэмид.
Хъусин и анэмрэ къыдалъхуахэмрэ и гъусэу. 1934 гъэ
Шыхулъагъуэм зызэпегъазэ
Адыгэ литературэхэм (къэбэрдей, адыгей, шэрджэс) я гъуэгуанэр куэд дыдэкIэ зэтохуэ, ауэ зэрызэщхьэщыкIи щыIэщ. Инжыдждэс шэрджэсхэм я литературэр къапщтэмэ, ар 30-гъэхэм дэни щекIуэкIа репрессием псом нэхърэ нэхъ лъапсэрыхыр абы къыхуагъэкIуащ.
Хьэкъи лажьи ямыIэу ягъэкIуэдащ адыгэм ящыщу япэ дыдэу роман зытха Абыкъу Хъалид, абы и Iуэхум пызыща ДыщэкI Мухьэмэд, Темыр Сэлихь, Хьэбэчыр БетIал. Иужьрей закъуэрат абыхэм ящыщу усэ зытхыу щIэзыдзар, ауэ абы и усэхэр тхылъ щхьэхуэу къыщыдэкIыжар 1988 гъэрщ. Прозэм телажьэхэри ягъэкIуэдащ, ялъэкIыну псори къагъэлъэгъуэным хунамыгъэсу. Шэрджэс усакIуэхэм я усэ закъуэтIакъуэхэр япэу къыщытехуар 1939 гъэрщ. Поэзием и гугъу пщIы щыхъуар, щхьэхуэу къапщтэмэ, зауэ нэужь лъэхъэнэрщ. Ар зи фIыщIэри Гъуэщокъуэ Хъусинрэ Уэхъутэ Абдулыхьрэщ. Пэжщ, абыхэм къызэрыщIадза усэхэри поэмэхэри большевикхэм я идеологием и къупхъэм икIыфакъым.
Гъуэщокъуэ Хъусин 1929 гъэм уситI итхащ: «Щхьэхуит хъужа бзылъхугъэм», «Аращ псэукIэу диIар». Эстетикэ лъагэ хэмылъми, мы усэхэм къыщыIэтащ бзылъхугъэхэм я хуитыныгъэм къыхуезыджэ Iуэхухэр. Хъусин и усэхэр ихуащ 1939 гъэм къыдэкIа, шэрджэс тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэр зэрыт япэрей тхылъ «Зыдогъэунэхуж» зыфIащам. Абыхэм я цIэм къыуагъащIэ къыхуеджэныгъэр зэребэкIыр: «Октябрь», «Конституцэм и махуэщ», «Кремль», «Плъыжьыдзэм ираджэхэм», «Летчик лIыхъужьхэм». Апхуэдэу щытми, усэм и нэщэнэ Iэмал гуэрхэри къыхохьэ гъунэ щрилъа сатырхэми.
1940 гъэм Гъуэщокъуэм къыдигъэкIа «Усэхэмрэ уэрэдхэмрэ» тхылъым иужькIэ 1947 гъэм нэсыху шэрджэс тхакIуэхэми усакIуэхэми я тхылъ къыдэкIакъым. 1947 гъэми «Шэрджэс плъыжь» газетым и литературэ напэкIуэцIым къытехуауэ аращ Гъуэщокъуэ Хъусин, Хьэнфэн Алим, ХъытIу Сэйдин, Уэхъутэ Анзор, Ахъмэт Мухьэдин, Къардэн Хьэсэнбий сымэ я тхыгъэхэр. А зэман хьэлъэм абыхэм ящыщу усэ тхын зезыхуар Гъуэщокъуэ Хъусин и закъуэщ. Зауэм теухуауэ 1943 гъэм абы итхащ «ЛIыгъэр ажалым текIуащ» усэшхуэр. Поэмэ жанрри шэрджэс литературэм хэзыгъэхьар Гъуэщокъуэ Хъусинщ.
Зауэ нэужьым, псом хуэмыдэу 50 гъэхэм, Хъусин и зэфIэкIым хохъуэ. Пэжщ, ар иджыри политикэм, ущие гъущэм, агитацэм пэIэщIэ хъуакъым, «къебжэкI» тхэкIэм тет сатырхэри и мащIэкъым, ауэ дунейм и теплъэгъуэхэр къыщигъэлъагъуэкIэ эпитет, зэгъэпщэныгъэ къигъэсэбэпхэр щыхьэт тохъуэ ар усакIуэ нэс зэрыхъум:
Гуэдз щхьэмыжхэр зэIущащэу
Пщэдджыжь дыгъэм щхьэщэ хуащI.
Уэсэпс ткIуэпсхэр къапыщэщу,
Жьы тIэкIу къепщэм
«щIигъэпхъуащ»…
Гъуэщокъуэм и усэ тIощIым нэсым композиторхэм макъамэ щIалъхьэри уэрэд хъуахэщ. Абыхэм ящыщщ цIыхубэ макъамэ зыщIэлъ, 60 гъэхэм цIэрыIуэ хъуа «Си нагъуэ» зыфIищар:
Шыхулъагъуэм зызэпегъазэри,
Нэхущым зыкъызэщIеч,
Си нагъуэр йолъэдэкъауэри,
Хуарагъуэм щIыпцIэр къреч…
Хъусин нэхъыбэу къызэрацIыхур усакIуэу щытами, абы и усэ куэд дыдэ идеологием и къупхъэм къинащ. Нобэрей тхылъеджэм ар щIэщыгъуэ ящыхъужыркъым. Апхуэдэу щытми, и лъэхъэнэм теухуауэ усакIуэм шэрджэс поэзием и гъунэ зэрырилъар гъэкIуэдыпхъэкъым. Сэ сызэреплъымкIэ, Гъуэщокъуэ Хъусин и прозэр и фIагъкIэ нэхъ лъагэщ. Абы къыхэгъэщыпхъэщ «Адэмрэ къуэмрэ» трилогиер. Мы тхыгъэм и жанрыр зыкъомым (езы авторри хэту) повесту къалъытэ, ауэ лъэныкъуэ псомкIи уеплъмэ, мыр «роман-трилогиещ».
Жанрхэм я гъунапкъэр къэхутэгъуейщ. Псалъэм папщIэ, Горький Максим и «Клим Самгин и гъащIэр» зыфIища и тхыгъэр повесту ибжырт, ауэ ар роман къудейкъым, атIэ урыс литературэм и роман нэхъ ин дыдэщ. Гъуэщокъуэм и тхыгъэми апхуэдэ щыуагъэ кIуащ и япэрей къыдэкIыгъуэхэм. Литературэм и тхыдэм уриплъэмэ, повесть жанрыр трилогием и къупхъэ щрагъэувэ щIагъуи хэплъагъуэркъым.
Романым и япэрей тхылъыр 1959 гъэм, етIуанэр 1963 гъэм къыдэкIащ. ИужькIи ахэр зэгъусэу 1973 гъэм етIуанэу къытрадзэжащ. Абы щыщ пычыгъуэхэр курыт школхэм зэрыщрагъаджэ хрестоматиехэм иджыри хагъэхьэ, ныбжьыщIэхэми яфIэгъэщIэгъуэну ядж.
«Адэмрэ къуэмрэ» романым и сюжетыр езы тхакIуэм и гъащIэм зыкъомкIэ пыщIащ. Iуэхур щекIуэкIыр Февраль революцэмрэ 30 гъэхэмрэ зыхиубыдэ лъэхъэнэрщ. ХуэмыщIауэ псэу Исхьэкърэ Хужьрэ быних яIэщ (тхакIуэм и унагъуэри апхуэдиз хъурт, гугъу ехьу, хуэмыщIауэ щытт). Я щIалэ цIыкIу Хъалил (аращ персонаж нэхъыщхьэр) пасэу лIыщIэу ират беижь Дагуэ Мыхьэмэт, ауэ абыи сэбэп къихьыркъым — сабийр гущIэгъуншэу егъэлажьэ Къамбий, иубэрэжь зэпытщ, уеблэмэ къыщIэпхъуэжын хуей мэхъу.
Унагъуэр тхьэмыщкIагъэм хэкIыфыркъым, Исхьэкъ къилIыщIа вы цIыкIуитIри щIэщIауэ къуэм дохуэри еукI, Исхьэкъи и лъакъуэр мэкъутэ. КIыжа нэужь, унагъуэр нэгъуэщI къуажэ мэIэпхъуэри, Iэхъуэу мэлажьэ. Я Iуэхур нэхъыфI хъууэ хуожьэ. Хъалили фабрикэм щылажьэу щIедзэ. Жылагъуэ Iуэхухэми захъуэж: тхьэмыщкIэхэр къэушащ, революцэм и фIыщIэкIэ, ахэм адэкIэ яшэчыжынукъым бейхэм зэрахьэ залымыгъэр, дэкъузэныгъэр.
ТхакIуэм екIуу къигъэлъэгъуэн хузэфIэкIащ гъащIэщIэм и щIэдзапIэ хъуа Iуэхугъуэхэр, мэкъумэшыщIэм и псэукIэр.
Хъусин дунейм зэрехыжрэ мы гъэм илъэс 30 мэхъу. Дауи, нобэрей адыгэ литературэм хуэлажьэхэм я зэфIэкIыр нэхъ инщ, ауэ ахэр здынэса лъагапIэм нэсыну къыщIэкIынутэкъым, Гъуэщокъуэ Хъусин хуэдэу япэ итахэр мыхъуатэмэ.
БАКIУУ Хъанджэрий,
филологие щIэныгъэхэм я доктор.
Гъуэщокъуэ Хъусин
Адэм и ущие
ЦIыху акъылыншэщ ар, жумыгъэIэ,
Акъыли щэни уэ зигъэIэф,
Уагъэгубжьами, шыIэ зигъэIэ,
Уэ сыт зэмани уи бзэр Iыгъыф.
ЦIыхум и щIыхьыр сыт къэзыIэтыр?
Быдэу зэгъащIэ: пэжыгъэрщ,
Пэжым и телъхьэу Iэщэр щаIэтыр —
Сыт щыгъуи жаIэр —
цIыху щIыхьыр арщ.
Упсэлъэн и пэкIэ, гупсыси псалъэ,
ИкIэкIэ мыхъуу, уипэкIэ плъэ.
ЦIыхум и щIыхьыр уэ хыумыутэ,
ЦIыхум ЦIыхугъэ кIэлъызехьэф.
Хьэкъыншэ цIыхум игу умыкъутэ,
Зи гуащIэ мащIэм къару хэлъхьэф.
Гу зэIухакIэ хэт фIым щIэбэнми,
Уи къару псомкIи дэIэпыкъуф.
Уи ныбжьэгъуфIым
пелуан къебэнми,
ЩIэхъуэпс текIуэным,
мис ар нэхъыфIщ.
ФIы къызэхъулIэм уэ уемыфыгъуэ,
Гу зэIухакIэ уэ ехъуэпсэф.
Къыумылэжьауэ мылъку
къыумылъыхъуэ,
Уи лэжьыгъэфIхэмкIэ мылъкуи
уэ щIыф.
Умыхъу, си щIалэ, уэ былымаблэ,
ГуащIэдэкI хъерым гур щIэгъэхъуэпс.
Лэжьыгъэ Iуэхур къыумыгъэлалэ,
Iуэхуу блэжь псори ирехъу гунэс.
Уи адэжь хэкур уэ фIыуэ плъагъуу
Къалэн къыпхуищIыр
уэ гъэзэщIэф.
Сыт хуэдэ Iуэхуми фIыуэ уегугъуу
Бэм щIыхь къыпхуищIу псэуф.
Iуэху хьэлъэ гуэрым уэ ухуэзами,
Уи гур бгъэкIуэду уемытIысэх.
Уэ сыт хуэдизкIэ гугъу уемыхьами,
Утхьэусыхэу захыумыгъэх.
ЛIыгъэ зыхэлъым и Iуэхури
псынщIэщ,
Iуэху хьэлъэ псоми лIыгъэр токIуэф.
ПщIэну ухуеймэ, лIыгъэр гъунэншэщ,
ЛIыгъэм и гъуэгум утету кIуэф.
Бжьыхьэ
Хьэндырабгъуэм хуэдэ къабзэу,
Жыгхэм тхьэмпэхэр къаполъэлъ,
Зыр зым и ужьым иджэразэу
Тхьэмпэ гъуэжьхэр къолъэлъэх.
Я фэ щхъуантIэр джэдыгу хужькIэ
Яхъуэжыным зыхуагъэпс,
Уэсыр къесу щIымахуэ еным
ЗэрыщIыIэнум щIогупсыс.
Алэрыбгъуу щыта губгъуэм
Мес, дыщафэр къытеуащ.
ПцIащхъуэ цIыкIухэм ар щалъагъум
Хуабэ хэкухэм лъэтэжащ.
Бжьыхьэ кIасэм и нагъыщэу
ЩIыIэтыIэу жэщкIэ щытщ,
ЗэрыщIыIэр пкъым зыхищIэу,
Жэщ хъумакIуэр щIыбым дэтщ.
Бещтоужьыр къупэщыпэу
ЩIым и щхьэфэм телъэдащ.
ТIасхъэу щылъхэр, мес, ипхъуатэу
Инжыдж псыхъуэм дэлъэдащ.
Дыгъэр къепсми, хуабэу къитыр
Дунеишхуэм къомэщIэкI…
ЩIыIэр къокIуэр, ар гъуэгу тетщи,
Iуэху мыухахэм фепIэщIэкI.
Уафэ къабзэ
Пшэхэм уафэр щIахъумащи,
Дыгъэр къухьа пфIощI,
Хьэуар зэуэ псыIэ хъуащи,
Уафэр мэгумэщI:
Къожэх уэшхыр, мэдаущыр,
Уафэм хуохъу пкIэлъей,
Къопщэр мащIэу жьыр Iущащэу,
Уэшхри мэхъу нэхъей…
Ху махъсымэм хуэдэу къабзэу,
Псыдзэр бгым къожэх,
Губгъуэ бзухэр мыбзэрабзэу,
Ахэр мэумэзэх.
Блэ шэрэзу уафэхъуэпскIым
Дыщэ бзэгу къредз,
ЩIым ешхыдэу, нытепIанкIэу
МафIэ бзий зэ едз…
Ауэ уафэр аддэ жыжьэу
Мэхъу къыщыгурым,
Ауэрэ уафэм нэхъ зеубзыгъыжри,
Уэшхри мэхъу нэхъ хуэм.
Бащлъыкъ хужьу ди къуршыжьхэм
Дыгъэр тепсэжащ.
ПщыIэтесу мэлыхъуэлIхэм
Шыуан палъэжащ.
Щыхьхэр, бжэнхэр щтэIэщтаблэу
Дунейм къытохьэж,
Жыгхэм ткIуэпсыр къапылъэлъу,
Бзухэр мэлъэтэж.
Псэм и гуапэу, гум и щIасэу
Уафэм зеукъэбзыж,
Игу къыдэжу дыгъэр къепсу
Уэгум къоувэж.
Лэгъупыкъур щIым щхьэщытщи —
ЩIыр шыуан къыпфIощI…
Ар краскиблкIэ дахэу лащи,
Уэшх ткIуэпсхэр щопщIыпщI.
Хьэуа къабзэм уефэ пфIэщIу,
Уи гум жьы дегъэкI.
ЦIыхухэм я гур егъэчэфыр,
Я лъэри щIегъэкI.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29217.txt"
} |
Псыдзэм и Iэужьхэр
Тхьэгъэпщ къуажэм дэс ЛIыху Аскэр, адрей къуажэдэс куэдми хуэдэу, утыкум къинащ. НапIэдэхьеигъуэм псыдзэм ирилъэсыкIащ иужьрей илъэс 20-м зэригъэпэща мылъкумрэ унэлъащIэмрэ. Сочэ щыпсэухэми абы и хьэщIэхэми фIыуэ яцIыху шхапIэр зи Iуфэ Iут бдзэжьей гъэхъупIэм зыри къыхэнэжакъым. Бдзэжьейхэр зыхэса псыгуэнхэр иджы нэщIыпсщ. ПщIантIэм, уеблэмэ унэм ятIэр лъэкIэным къыфIэкIыу щIэлъщ. Унэм зэранышхуэ игъуэтакъым, ауэ а къэхъукъащIэм зэхигъэзэрыхьар мащIэкъым.
— Пщэдджыжьыпэу псышхуэ къехыу зэрыслъагъуу, псом япэ, бдзэжьейхэр здэщыIэмкIэ зыздзащ. ТонниплIым нэблагъэ къуэлэныр (форелыр) къезгъэлын папщIэ, псыежэхым хэзутIыпщхьэжащ. ИтIанэ ди гъунэгъухэм садэIэпыкъуну, я Iуэху зытетыр зэзгъэщIэну сежэкIри, абыхэм лажьэ зэрамыIэр зэзгъэлъэгъуа иужь, унэм сыкъэкIуэжри, дунейр тепыIэжыхукIэ сыпэплъащ, — жеIэ Аскэр.
Къуажэм дэс нэхъыжьыIуэхэм къахуэгубзыгъыжыркъым я ныбжьым къриубыдэу апхуэдэ уэшхышхуэ къешхыу псыр къыщригъэуар. Псом нэхърэ нэхъ Iейуэ Нэгъуш псы Iуфэхэр ирилъэсэхащ. Нэгъабэ яухуа лъэмыжым и лъабжьэ нэгъунэ щIилъэсыкIащ. ХадэхэкIти, ухуэныгъэ цIыкIути жыхуэпIэхэм я гугъу сщIыххэркъым, ахэр ирилъэсэхыурэ, псэуалъэхэм гъунэгъу дыдэу псыр къакIэщIэлъэдащ.
мазэ бжыгъэ хъуауэ аращ Щэумэн Хьэзрэт и ахъшэкIэ псы Iуфэхэр зэрагъэбыдэрэ. Къуажэдэсхэм зыжьэу жаIэ, псы Iуфэхэр ямыгъэбыдатэмэ, я щхьэ кърикIуа гузэвэгъуэм и Iэужьыр куэдкIэ нэхъыбэ хъуну шынагъуэ зэрыщыIар. ХэщIыныгъэшхуэ зыгъуэта цIыхухэр хуабжьу щогугъ къэралым закъыщIигъэкъуэну, къадэIэпыкъуну.
Гъунэгъу къуажэхэм ящIэужа псым зэхикъутамрэ ихьамрэ ябж, къахутэ. Лыгъуэтх къегъэщIылIа къуажэ цIыкIухэу Щхьэхуит, Къалэжь, Хьэджыкъуэ сымэ псы къиуам къулейсызыгъэ къахуихьами, псом нэхърэ нэхъыщхьэращи, цIыху хэкIуэдакъым. Зэтекъута ухуэныгъэхэр зэрагъэпэщыжын щIадзащ. КIыщмей куейм щыщу нэхъ Iейуэ зэтрикъутахэм ящыщщ Къаткъуэ БгъуэнщIагъыр, Зубовэ БгъуэнщIагъыр. Лъэмыж зыбжанэ трихащ, псы Iуфэхэр IуилъэсыкIащи, ахэр ягъэтэмэмыж.
— ИджыкIэ цIыхухэм я гъащIэм щхьэкIэ ущIэшынэн щхьэусыгъуэ щыIэкъым, — жеIэ ШахэкIей къуажэ округым и Iэтащхьэ Берды Руслан. — Псом нэхърэ нэхъапэр, Iэмал зэриIэкIэ нэхъ псынщIэу, гузэвэгъуэр зылъэIэса къуажэхэм дэс цIыхухэр зыхуейхэмкIэ къызэгъэпэщынырщ.
Псыдзэр къазэрыщIэуэу, къэхъукъащIэм теухуа хъыбар псори зэкIуалIэ штаб къызэрагъэпэщащ. ДэIэпыкъуэгъушхуэ мэхъу щIыпIэ самоуправленэм щыщ жэрдэмщIакIуэхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэр, депутатхэр, хьэрычэтыщIэхэр, куейм ит IуэхущIапIэхэр.
ЦIыхухэм я псэукIэр тэмэму къызэрызэрагъэпэщыжым къищынэмыщIа, псы Iуфэ зыгъэпсэхупIэхэри зыхуей хуагъэзэжын хуейщ. Псыдзэм ныджэм фIей куэд къытринащ.
Ныбэ Анзор.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29224.txt"
} |
Нобэ
Спорт журналистым и дунейпсо махуэщ. Спорт прессэм и дунейпсо зэгухьэныгъэм и жэрдэмкIэ 1995 гъэ лъандэрэ ягъэлъапIэ.
1938 гъэм кхъухьлъатэзехуэхэу Осипенкэ Полинэ, Ломакэ Верэ, Расковэ Маринэ сымэ зэрыс кхъухьлъатэр къемытIысэхыу Севастополь — Архангельск гъуэгуанэр (км 2416-рэ) зэпачащ икIи дунейпсо рекорд ягъэувауэ щытащ.
1556 гъэм Астрахань Урысей къэралыгъуэм хыхьащ.
1964 гъэм «Къэббалъкъгаз» IуэхущIапIэр къызэрагъэпэщащ.
1990 гъэм КПСС-м и ХХVIII съездыр, иужьрей дыдэр, къызэIуахащ.
Шэрджэс усакIуэ Гъуэщокъуэ Хъусин къызэралъхурэ илъэси 100 ирокъу.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 20 — 22-рэ, жэщым градус 17 — 18 щыхъунущ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29229.txt"
} |
Къэзыгъэзэжхэм ятеухуауэ
Адыгэм и тхыдэри, хабзэри, гъуазджэри къызэщIэзыубыдэ «Черкесия» фильмым и еплIанэ Iыхьэр, «Черкесия. Возвращение» зи фIэщыгъэр, дунейм къытехьащ. Ар и лэжьыгъэщ Адыгейм щыщ щIалэ Нэгъаплъэ Аскэрбий.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, «Черкесия» фильмым Нэгъаплъэр йолэжь 2007 гъэ лъандэрэ. Япэ Iыхьэм IупщIу къыщыгъэлъэгъуащ Шэр-джэс щIыналъэр зэрыщыIамрэ ар зэрызэтрагъэщэщамрэ. Абы къыкIэлъыкIуэ «Черкесия. Адыгэ хабзэ» жыхуиIэм (2009 гъэм трахащ), зэрыгурыIуэгъуэщи, къыщыIэта гупсысэр лIыгъэ, хахуагъэ, адыгагъэ лъэпкъым зэрыхэлъаращ. 2011 гъэм дунейм къытехьа «Черкесия. Чужбина» фильмыр теухуащ Урыс-Кавказ зауэм и зэранкIэ адыгэр дуней псом текъухьа зэры- хъуам. Иужьрей дыдэр, «Черкесия. Возвращение»-р зытепсэлъыхьыр зи лъахэ къэзыгъэзэж адыгэхэрщ.
Нэгъаплъэ Аскэрбий жеIэ: «Адыгэ лъэпкъыр узыншэу, пщIэрэ щхьэрэ иIэу дунейм тетын щхьэкIэ, Iэмал имыIэу псори зы дыхъужын хуейщ».
Фильмым адыгэ Iуэхум щытопсэлъыхь къэрал къулыкъущIэхэр, публицист цIэрыIуэхэр, тхакIуэхэр, я Хэку къэкIуэжа ди лъэпкъэгъухэр. Ар Иордание, Тырку, Германие, Москва, Санкт-Петербург, Къэбэрдей, нэгъуэщI щIыпIэхэми щытрахащ.
Фильмыр къызэрытщыхъуами абы еплъахэм я гупсысэми ди газетым и къыкIэлъыкIуэ къыдэкIыгъуэхэм ящыщ зым фыкъыще-джэ.
БАГЪЭТЫР Луизэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29231.txt"
} |
ЦIыху псоми ирыращIэ дызэрызэкъуэтыр
Налшык къалэ дэт Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм мэкъуауэгъуэм и 29-м щекIуэкIащ ДАХ-м и жэрдэмкIэ зэхуашэса Дунейпсо Адыгэ зэIущIэшхуэ. «Псори дызэхыхьэнщи, ди лъэпкъэгъухэм дадэIэпыкъунщ!» къыхуеджэныгъэм щIэт зэIущIэр теухуауэ щытащ зауэ мафIэм хэт Сирием щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм, абыхэм ящыщу адэжь щIыналъэхэм къэзыгъэзэжыфахэм.
Дунейпсо Адыгэ зэхыхьэшхуэм хэтащ Тыркум щыIэ Кавказ Хасэхэм я федерацэм (КАФФЕД) и унафэщI Шыгъэлыгъуэ Уэджит, Иорданием щылажьэ Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и тхьэмадэ Къардэн Самир, Европэм щыIэ Кавказ Хасэхэм я Федерацэм и Iэтащхьэ ТIамжьыкъуэ Умар-Фарукъ, КъБР-м, АР-м, КъШР-м, Шапсыгъым, Мэздэгу щыIэ Адыгэ Хасэхэм я тхьэмадэхэр. Апхуэдэуи зэIущIэм кърихьэлIащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Хьэсанэ Руслан, абы и къуэдзэхэр, министрхэр, къэрал къулыкъущIэхэр, адыгэгу зиIэ, адыгэпсэ зыIут, гущIэгъу зыхэлъ цIыху къызэрыгуэкIхэр.
Гузэвэгъуэ къызытепсыха, СХьР-м бэлыхь щыхэхуа ди лъэпкъэгъухэм хэкурысхэмрэ нэгъуэщI къэрал щыпсэухэмрэ зэрызыщIагъэкъуэн, зауэм и лыгъэм къызэрыхашын Iэмалхэм я гугъу ящIащ а махуэм, абы теухуауэ дэтхэнэ зы лIыкIуэми хэкIыпIэу илъагъур ехьэкI-нехьэкI хэмылъу къигъэлъэгъуащ. Псалъэ къудей мыхъуу, нобэ адыгэ щыпсэу дэнэ щIыналъи ди къуэшхэр зрашэлIэн папщIэ лэжьыгъэ пыухыкIа зэрыщекIуэкIым, биишэм пэIэщIэ ящIын папщIэ ябгъэдэлъ зэфIэкIхэм къызэхуэсахэр щагъэгъуэзащ. Хэхэс цIэ жагъуэмкIэ иджыри къыздэсым зэ-джэ ди лъахэгъухэр, лъапсэрыхыр аргуэру къызыхуэкIуахэр, я хэкум къешэлIэжын зэрыхуейрат зэхыхьэм къыщыпсалъэхэм я гупсысэ нэхъыщхьэр.
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий жиIащ тхьэмыщкIагъэр къызытепсыха ди къуэшхэм я гузэвэгъуэр зэрызэхащIыкIыр, яхузэфIэкIымкIэ зыщIагъэкъуэну иужь зэритыр. «Дэ дызэкъуэмыту ди Iуэху дэкIынукъым. Дуней псом ящIэн хуейщ дызэрызэрыIыгъыр», — жиIащ тхьэмадэм.
Зэхыхьэшхуэм хэту екIуэкIа телемарафоным хамэ щIыпIэ къикIахэми республикэм исхэми яхузэфIэкIыр халъхьащ, ди республикэм и артист пажэхэми зыкъыщагъэлъэгъуащ.
Зи дамэ къута къуршыбгъэу хамэщIым къина ди лъэпкъэгъухэм я щIыхькIэ зэхэта адыгэ зэхыхьэшхуэм теухуа тхыгъэ ди газетым и къыкIэлъыкIуэ къыдэкIыгъуэхэм ящыщ зым тетынущ.
Щомахуэ Залинэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29233.txt"
} |
ЩIыналъэм зыгъэпсэхупIэхэм зыщрагъэужь
КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен езым и деж щыIэ Жылагъуэ советым и зи чэзу зэIущIэр иригъэкIуэкIащ. Ар теухуауэ щытащ республикэм зыгъэпсэхупIэхэр къыщызэгъэпэщыным, абыхэм зегъэужьыным ехьэлIа Iуэхур щIыналъэм зэрыщагъэзащIэм.
Къанокъуэ Арсен зэхыхьэр къыщызэIуихым къыхигъэщащ зыгъэпсэхупIэхэм республикэм зыщегъэужьыным ехьэлIахэр зэрыщыгугъауэ псынщIэу зэрымыкIуатэр, ар «Кавказ Ищхъэрэм и курортхэр» ОАО-м зыкъомкIэ зэрелъытар, Къэрэшей-Шэрджэсым и Архъыз, Домбай, Осетие Ищхъэрэ-Аланием и Мамисон зыгъэпсэхупIэхэм нэхъ щIэупщIэ яIэну мы IуэхущIапIэм къызэрилъытэр. Ауэ КъБР-м зыгъэпсэхупIэхэр щIыналъищым зэуэ щызэтраублэну яужь итщ.
КъБР-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Мусуков Алий жиIащ мы зэманым кадастр лэжьыгъэхэр зэрырагъэкIуэкIыр, «Iуащхьэмахуэ-Безенги» зыгъэпсэхупIэр щаухуэнур яубзыхуащ, Iуащхьэмахуэ районым и курорт щIыпIэу къагъэлъэгъуам зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьащ. Министрым зэрыжиIамкIэ, мы илъэсыр и кIэм нэблэгъэху мылъкум ехьэлIахэр зэфIагъэкIынущ, иужькIэ КъБР-м Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм бгъэIэпхъуэ мыхъу мылъкум и зэхуэдитIыр и Iэрылъхьэнущ. ЗыгъэпсэхупIэ щIыналъэу къагъэлъэгъуар зезыгъэкIуэнухэри абы кIэлъыплъынухэри ягъэбелджылащ. Инфраструктурэр къызэгъэпэщыным федеральнэ, республикэ бюджетхэм сом 1 мелардрэ мелуан 612-рэ хухахащ. А мылъкур къагъэсэбэпащ Кисловодск — Джилы-Су автомобиль гъуэгур, псыдзэм зэрызыщыпхъумэнухэр, псы жапIэхэр щаухуэм. Псы жапIэмрэ автомобиль гъуэгумрэ мы гъэм и кIэм нагъэсынущ. ЩIыналъэм и зыгъэпсэхупIэхэр щаухуэну къагъэлъэгъуар Шэрэдж, Шэджэм («Безенги» комплексыр), Iуащхьэмахуэ («Iуащхьэмахуэ лъапэ»), Дзэлыкъуэ («Джылы-Су») муниципальнэ районхэрщ. Мы зыгъэпсэхупIэхэм щIыуэ яубыдынум и бжыгъэр гектар дапщэ хъунуми иджыри пыухыкIауэ ящIэркъым.
Дзэлыкъуэ район администрацэм и Iэтащхьэ Шэт МэчрэIил жиIащ «Джылы-Су» зыгъэпсэхупIэр яухуэным и мыхьэнэр дзэлыкъуэдэсхэм ягурыгъэIуэным теухуауэ КъБР-м и Iэтащхьэм нэхъапэкIэ къалэн къащищIахэр зэрагъэзэщIар, щIыпIэм бгы-лыжэ зэрыщаухуэм зыгъэпсэхупIэ теухуа тхыгъэхэр район газетым къызэрытрадзар, щIыпIэ самоуправленэм и Советхэм я зэIущIэм хэта район депутатхэмрэ къуажэдэсхэмрэ я щIыналъэм зыгъэпсэхупIэ щащIыным теухуа унафэр зэдэарэзыуэ къызэращтар.
Iуащхьэмахуэ районым и Iэтащхьэ Малкаров Аслъэни тепсэлъыхьащ апхуэдэ лэжьыгъэхэр я щIыпIэми зэрыщрагъэкIуэкIым, къуажэдэсхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм зэрызыхуагъэзар, ахэр мы Iуэхум арэзы зэрытехъуар, 2020 гъэм ирихьэлIэу зыгъэпсэхупIэр зэратынур. Апхуэдэуи ар тепсэлъыхьащ я лэжьыгъэм халъхьа зэхъуэкIыныгъэхэм, «Кавказ Ищхъэрэм и зыгъэпсэхупIэхэр» ОАО-м иращIылIа зэгурыIуэныгъэм тету районым хьэщIэщ зэрыщаухуэнум. Къэпсалъэм зэрыжиIамкIэ, Iуащхьэмахуэ куейм щагъэзащIэ лэжьыгъэм псо- ри зэхэту сом мелард 17-м щIигъу текIуэдэнущ.
ЗыгъэпсэхупIэхэм теухуа я Iуэху еплъыкIэхэр утыку кърахьащ Бгы лъагэ геофизикэ институтым (ВГИ) и унафэщIым и къуэдзэ Абшаев Магомед, РАН-м и Къэбэрдей-Балъ-къэр щIэныгъэ центрым и лэжьакIуэ Туменовэ Светланэ.
ЗыгъэпсэхупIэхэр щащIкIэ, иджырей инфраструктурэр якъутэжынкIэ зэрыхъунум зэхуэсахэр зэрытегузэвыхьыр къыщыхагъэщым, Къанокъуэ Арсен жиIащ нэхъапэкIэ яухуахэм, щIыуэпсым зэран хуэмыхъун папщIэ, республикэм и щIэныгъэлIхэри Iуэхум къызэрыхашэнур.
Жылагъуэ советым хэтхэм гулъытэ хуащIащ цIыху куэдым ятещIыхьа мы зыгъэпсэхупIэхэм щылэжьэнухэр республикэм щагъэхьэзырын зэрыхуейм. Апхуэдэу къагъэлъэгъуа зыгъэпсэхупIэхэм Налшыки хэбгъэхьэ зэрыхъунури щIагъужащ. Къанокъуэ Арсен зэрыжиIамкIэ, туристхэр а зыгъэпсэхупIэхэм къыщыкIуэкIэ, Налшыки къызэрыдыхьэнур хьэкъщ.
Жылагъуэ советым и комиссэм и тхьэмадэ Тхьэгъэпсэу Хьэжысмел къытеувыIащ советым и лэжьыгъэр 2013 -2014 гъэхэм зыхуэдэнум. Советым и комиссэм хэтынухэри зэхыхьэм щIэрыщIэу щыхахыжащ, абы и бжыгъэр хуэдитIкIэ ягъэмэщIауэ.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29241.txt"
} |
Зи чэзу къыдэкIыгъуэ
«Iуащхьэмахуэ» журналым мы гъэм и ещанэ къыдэкIыгъуэр дунейм къытехьащ. Мыр и теплъэкIи зэхэлъыкIэкIи адрейхэм къащхьэщокI.
Журналым и редактор нэхъыщхьэу иджыблагъэ ягъэува Мыкъуэжь Анатолэщ зи фIыщIэр абы и теплъэкIэ зэхъуэкIыныгъэ зэригъуэтар.
КъыдэкIыгъуэр къызэIуех редактор нэхъыщхьэм щIэджыкIакIуэхэм зэрызахуигъазэ «Си лъэпкъэгъухэм я деж» усэмкIэ.
«ТекIуэныгъэм и махуэм ирихьэлIэу» Iыхьэм фыкъыщеджэнщ Къардэн Бубэ итха «Лъэмыж» рассказым, Тхьэгъэзит Зубер, Къагъырмэс Борис, Гъубжокъуэ Лиуан, КIэщт Мухьэз, Къэжэр Петр, Бицу Анатолэ, Уэрэзей Афлик, Мыкъуэжь Анатолэ сымэ я усэхэм.
«ЖьантIэ» Iыхьэм тетщ тхакIуэ Хьэх Сэфарбий и ныбжьыр илъэс 75-рэ зэрырикъуам теухуа тхыгъэ кIэщIрэ абы итха «Лъагъуэр гъуэгум хуокIуэ» романым щыщ пычыгъуэрэ.
А Iыхьэ дыдэм итщ усакIуэ Бещтокъуэ Хьэбас илъэс 70 зэрыхъуам ирихьэлIэу филологие щIэныгъэхэм я кандидат Хьэвжокъуэ Людмилэ усакIуэм и тхыгъэхэр щызэпкъриха «Сэ зэнзэныпсым и сурэт тхылъымпIэм псалъэкIэ щысщIынут» тхыгъэмрэ Бещтокъуэм и усэ гупрэ.
«Прозэ» Iыхьэм традзащ журналым куэд щIауэ щылажьэ Елгъэр Кашиф «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхубэ тхакIуэ» цIэ лъапIэр иджыблагъэ къызэрыфIащамкIэ зэрехъуэхъу псалъэхэмрэ абы итха «Лъагъуныгъэм и бзэ» повестымрэ.
«Адыгэ хэхэс литературэ» Iыхьэм щIэту журналым щIэх-щIэхыурэ тредзэ хэхэс гъащIэр натIэ зыхуэхъуа ди лъэпкъэгъухэм къахэкIа тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэр. Мы къыдэкIыгъуэм итщ Мысырым щыпсэуа тхакIуэ Юсеф ас-Сибаи теухуа тхыгъэ кIэщIрэ «ФитIнэ лъапсэ» романым щыщ Iыхьэрэ.
АдэкIэ «Литературэ щIэныгъэ. Критикэ» Iыхьэм фыкъыщеджэнщ филологие щIэныгъэхэм я доктор ТIымыжь Хьэмыщэ иджырей лъэпкъ прозэмрэ шэрджэс тхакIуэ Туаршы Аслъэн и романхэмрэ щатепсэлъыхь «Лъэхъэнэм и плъыфэхэр — зы тхакIуэм и еплъыкIэкIэ» лэжьыгъэм.
Урыс-Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 150-рэ щрикъум ирихьэлIэу тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор Дзэмыхь Къасболэт итха «ХVIII-ХIХ лIэщIыгъуэхэм Къэбэрдейм иригъэкIуэкIа щхьэхуитщIыжакIуэ зауэр» тхыгъэр «Тхыдэ» Iыхьэм къыщывгъуэтынщ.
«Культурэ» Iыхьэм «IэщIагъэр лъэпкъым и фащэщ» псалъащхьэм щIэту къытрадзащ журналым и лэжьакIуэ НафIэдз Мухьэмэд Къэбэрдей-Балъкъэр Лъэпкъ музейм и унафэщI, тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат Накуэ Феликс зэрепсэлъар.
Мы Iыхьэ дыдэм тетщ Щоджэн Iэминат Налшык дэт Музыкэ театрым и артисткэ пашэхэм ящыщ Мэз Джульеттэ триухуа «Дахагъэм къыхуигъэщIа» тхыгъэр.
«Анэдэлъхубзэ» Iыхьэм къытрадзащ анэдэлъхубзэр хъумэным теухуауэ Къэрмокъуэ Хьэмид итха «Ди зэхуэдэ къалэн» тхыгъэр.
«IуэрыIуатэ» Iыхьэм къыщывгъуэтынщ нарт Бэдынокъуэ и хъыбархэм ящыщ зыбжанэ.
«ЩIэблэ» Iыхьэм итщ тхакIуэ ныбжьыщIэ КIарэ Альбинэ итха «Къулей сыхъуну сыхуейщ» рассказыр.
«ТхылъыщIэ» Iыхьэм традзащ усакIуэ Къаныкъуэ Заринэ теухуауэ Нало Заур итхауэ щыта «Псэрыусэ» тхыгъэр, Къаныкъуэм иджыблагъэ «Эльбрус» тедзапIэм къыщыдигъэкIа «Адыгэ хьэблэ» усэ тхылъыщIэм итхэм ящыщ зы гуп.
«Дэ къытхуатх» Iыхьэм итщ Ержыб Аслъэн нэ дохутыр АфIэунэ Анатолэ и лэжьыгъэм щытепсэлъыхь «Дохутыр Iэзэщ. Ныбжьэгъу пэжщ» тхыгъэр.
Абзуан Пщымахуэ
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29245.txt"
} |
IэщIагъэм уи къэкIуэнур зыхуэдэр елъытащ
Уи къэкIуэнур зыхуэдэнур къыхэпхыну IэщIагъэм куэдкIэ зэрелъытам теухуа зэIущIэ щекIуэкIащ Налшык дэт «Кхъужьей хадэ» санаторэм. Апхуэдэ псалъэмакъ щхьэпэ санаторэм зыщызыгъэпсэху ныбжьыщIэхэм драгъэкIуэкIащ КъБР-м цIыхухэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэщынымкIэ и къэрал комитетым и мобильнэ центрым и лэжьакIуэхэм.
НыбжьыщIэхэм гурагъэIуащ IэщIагъэ къыхахынум адэкIэ я гъащIэр зэрыхъунур куэдкIэ елъытауэ зэрыщытыр, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, гукIи псэкIи удэзыхьэх IэнатIэм упэрытмэщ уи лэжьыгъэкIэ ехъулIэныгъэ ущиIэнури, уи щхьэкIэ узыхуэарэзыжу дунейм ущытетынури. «IэщIагъэр къыщыхэпхкIэ Iэмал имыIэу къэлъытэн хуейщ абы узэрыдихьэхыр, уи зэфIэкIыр зыхуэдэр», — аращ гупсысэ нэхъыщхьэу а зэIущIэм щыIуар.
Мобильнэ центрым и лэжьакIуэхэм я унафэщI Шалатовэ Галинэ зэрыжиIамкIэ, зэIущIэм хэтащ илъэс 13-15 ныбжьым ит ныбжьыщIэ 56-рэ, абыхэм ящыщу 35-м компьютер тестхэм зделэжьым зэхагъэкIащ нэхъ дэзыхьэх икIи я зэфIэкIхэр къыщызэкъуахыфыну IэщIагъэхэр зыхуэдэр.
ЩхьэщэмыщI Изэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29248.txt"
} |
ЩIалэгъуэ ныбжьым хиубыдэ махуэшхуэ
ЕджакIуэхэм школыр къызэраухым иращIэкI пшыхьыр — ар щIалэгъуэ ныбжьым хиубыдэ махуэшхуэ нэхъ дахэ дыдэщ. Апхуэдэ махуэшхуэр ягъэлъэпIащ Май къалэм дэт гимназие № 1-р мы гъэм къэзыуха ныбжьыщIэ 59-м. КъэкIуэнум теухуауэ яIэ хъуэпсапIэхэр къыщагъэлъэгъуа тхылъымпIэр капсулэм иралъхьэри, школ пщIантIэм дэт тхуей жыгым и лъабжьэм щыщIатIащ. Ар къыщIахыжынущ илъэси 10 дэкIмэ.
Гимназием тхыдэ къулей иIэщ. 1920 гъэм ар къызэрызэIуахрэ сабийхэм щIэныгъэфI езыт IуэхущIапIэу абы и цIэр Iуащ. А еджапIэм гъащIэм лъэ быдэкIэ хигъэуващ ныбжьыщIэ минищым щIигъу. И ехъулIэныгъэфIхэм къыпэкIуэу абы къыхуагъэфэщащ дамыгъэу 43-рэ. Илъэс 14 хъуауэ гимназием и унафэщIщ ЦIыхубэ егъэджэныгъэм и отличник, КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Марченкэ Валентинэ.
— Илъэс къэс къыщIэдгъэкI дэтхэнэ гупри ди дежкIэ гукъинэжщ. Мы гъэм ди еджапIэр дыщэ медалкIэ къаухащ ныбжьыщIи 8-м. Иужьрей илъэсищым гимназием и еджакIуэ 11-м Май куейм и администрацэм и унафэщIым и саугъэтыр къахьащ. А зэманым къриубыдэу еджапIэр медалкIэ къаухащ ныбжьыщIэ 26-м, абы щыщу 19-р дыщэщ, 7-р дыжьынщ, — жиIащ Марченкэ Валентинэ.
НэхъыфIу еджэ ныбжьыщIэхэм ящыщу 10-м УФ-м и Президентым, КъБР-м и Iэтащхьэм я цIэкIэ щыIэ саугъэтхэр къыхуагъэфэщащ. Апхуэдэу зэфIэкI къызэгъэлъэгъуа еджакIуэ 12-м, егъэджакIуи 7-м ятеухуа хъыбархэр « Урысейм и къэкIуэнур — зэфIэкI зиIэ сабийхэрщ» щIэнгъуазэм ихуащ.
ЕджапIэри районри зэрыгушхуэщ мы гъэм школыр къэзыухахэу Муся Анастасие, Драгунов Михаил, Семёновэ Екатеринэ, Соколов Дмитрий, Дрофеевэ Татьянэ, Ягдаров Дмитрий, Умэ Луизэ, Тен Викторие сымэ. Ахэр еджапIэм щыщIэтIысхьа илъэсым щегъэжьауэ фIы дыдэу еджащ, республикэ, урысейпсо олимпиадэхэм, зэпеуэхэм хэтащ, сытым щыгъуи текIуэныгъэр къахьу. Абыхэм псоми еджапIэр дыщэ медалкIэ къаухащ.
НыбжьыщIэхэм къыхахащ адэкIэ зыщIэтIысхьэну еджапIэхэри. Абыхэм я мурадщ я щIэныгъэм щыпащэну Москва, Санкт-Петербург, Саратов, Дон Iус Ростов, нэгъуэщI къалэшхуэхэми дэт университетхэм.
ЕджакIуэхэм школыр къызэраухым хуэгъэпса пшыхьыр телевизионнэ саугъэтыр зыхуагъэфэщахэм зэрыратыжым иращIэкI дауэдапщэм хуэдэу ирагъэкIуэкIащ. Абы кърихьэлIа хьэщIэхэр ирагъэплъащ «Куб», «Умники и умницы», «Диалоги о животных», «Галилео», «Большие гонки», «Последний герой» теленэтынхэм ещхьу ягъэхьэзыра теплъэгъуэхэм.
Юрченкэ Наталье.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29250.txt"
} |
Маршэнкъул ФатIимэ Арсен и пхъур
къыщалъхуа махуэщ, илъэс 17 ирокъу, курыт еджапIэр фIы дыдэу къиухащи, дохъуэхъу
ФIыуэ тлъагъу ди пщащэм уи махуэ лъапIэмкIэ дынохъуэхъу! Балигъ гъащIэм хэувэ ди хъыджэбзым уи гур, уи псэр дэзыхьэх IэщIагъэрэ щIэныгъэрэ зэбгъэгъуэтмэ, ди гуапэщи, уи къэкIуэнур екIуу, уи дунейр дахэрэ узыншагъэр уиIэу, уи уафэр къащхъуэрэ щIылъэр щхъуантIэу, Iуащхьэмахуэ мылылъэ уардэм хуэдэу уи пщIэр лъагэрэ уи псэр къабзэу, Мэлычыпхъу и щIэблэу уIущу, Сэтэней гуащэу, хур хъыджэбзым уи щэнымрэ акъылымрэ санахуафэр хуаIэту, уи Iыхьлыхэр уи пщIэмрэ щIыхьымрэ иригушхуэу, гъащIэ дахэрэ насып инкIэ Тхьэр къыпхуэупсэ.
Уи анэшхуэ-адэшхуэхэр, уи адэ-анэр,
уи благъэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29253.txt"
} |
Узыншагъэр къыхэхыным къыхураджэ
Мэкъуауэгъуэм и 26-р Наркотик зэхьэлIэнымрэ ар хабзэм къемызэгъыу зегъэкIуэнымрэ ебэныным и дунейпсо махуэу, мэкъуауэгъуэм и 27-р Урысейм и щIалэгъуалэм и махуэу щытащ. Ахэр зэуIу ящIри, Налшык и ХьэтIохъущыкъуей хадэм щагъэлъэпIащ. ЗэIущIэм и къызэгъэпэщакIуэщ КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэр, Налшык къалэ администрацэр, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр, Урысейм наркотикхэм кIэлъыплъынымкIэ и федеральнэ къулыкъум и IуэхущIапIэу КъБР-м щыIэр.
Iуэхугъуэм кърихьэлIащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и управленэм и унафэщI Шевченкэ Юрий, КъБР-м спортымрэ туризмэмкIэ и министр АфIэунэ Аслъэн, узыншагъэр хъумэнымрэ курортхэмкIэ и министрым и къуэдзэ Гаевэ Алёнэ, егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ Геккиев СулътIан, Урысейм наркотикхэм кIэлъыплъынымкIэ и федеральнэ къулыкъум и IуэхущIапIэу КъБР-м щыIэм и унафэщIым и къуэдзэ Соловьёв Николай, Налшык щIыпIэ администрацэм и тхьэмадэм и къалэнхэр зыгъэзащIэ Кладько Игорь, КъБКъУ-м и проректор Къумыкъу Iэуес, Олимп чемпион, КъБР-м и Iэтащхьэм и чэнджэщэгъу Къардэн Мурат, Республикэм и наркологие диспансерым и дохутыр нэхъыщхьэ Пашевкин Олег, КъБР-м ис муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и унафэщIым и дэIэпыкъуэгъу Амщокъуэ Анжелэ, КъБР-м и благочиннэ Бобылев Валентин, Къэбэрдей-Балъкъэр мэкъумэш университетым и профкомым и пашэ Шыбзыхъуэ Нарзан сымэ, нэгъуэщIхэри.
Шевченкэ Юрий зэIущIэм кърихьэлIахэр къыхуриджащ наркотикыр Iумпэм ящIыным, щыуагъэ зыIэщIэкIа, гъуэгу захуэм тещхьэрыукIа IущIэмэ, дэIэпыкъуэгъу зэрахуэхъуным хущIэкъуным.
Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм къыбгъэдэкIыу Геккиев СулътIан щIалэгъуалэм я махуэ лъапIэмкIэ ехъуэхъуащ, наркотик зэзыхьэлIэхэм, ар зэзыгъэкIуэкIхэм япэщIэтынымкIэ ирагъэкIуэкI бэнэныгъэм къыхыхьэну къызэхуэсахэр къыхуриджащ.
— Спортым, физическэ щэнхабзэм, узыншагъэр хъумэным фыкъыхузоджэ! Узыншагъэр нэхъапэщ — ар дигу идвгъэгъэлъ! ЩIалэгъуалэм къыфкъуэкI лIыгъэм, гурыхуагъэм куэд елъытащ,- жиIащ Соловьев Николай.
— Дегупсысри, наркотикым пэщIэтыным и махуэмрэ Урысейм и щIалэгъуалэм и махуэмрэ зэгъусэу дгъэлъэпIэну мурад тщIащ. Абыи щхьэусыгъуэ иIэщ — щIалэгъуалэр наркотикым пэщIэтмэ, ди къэкIуэнур ефIэкIуэнущ. Ди республикэм щыпсэу щIалэгъуалэр губзыгъэщ, зэфIэкI лъагэхэр къэзыгъэ- лъагъуэщ. Абы дегъэгуфIэ, — къыпищащ псалъэмакъым Налшык къалэ администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Дол Анжелэ.
— ГъащIэм нэхъ икIагъэ дыдэу къыхыхьэр лIэныгъэр щIэхыу гъунэгъу къэзыщI наркотикырщ. Абы пэIэщIэ зызэрыпщI хъун гупсысэкIэ сывдэгуэшэнут: зауэм и зэманым ди нэхъыжьхэр фэ фи ныбжьым иту лIыхъужь хъууэ щытащ. Абыхэм я цIэ фIащащ къалэхэм, уэрамхэм. Ноби диIэщ куэдкIэ гугъэ уэзыгъэщI щIалэгъуалэ. Апхуэдэщ, дуней псом чемпион щыхъуну лIыгъэ къызыкъуэкIхэр. Ахэр щапхъэ фхуэхъупхъэщ.
Зэманыр пщIэншэу бгъакIуэ хъунукъым, дэтхэнэ дакъикъэми мыхьэнэ иIэн хуейщ, — захуигъэзащ щIалэгъуалэм Олимп чемпион Къардэн Мурат.
Наркотикым пэщIэтыным хэлъхьэныгъэ хуэзыщIахэм IуэхущIапIэхэм къабгъэдэкI щIыхь тхылъхэр, саугъэтхэр ира- тащ.
ЗэIущIэр ягъэдэхащ уэрэджыIакIуэхэмрэ къэфакIуэхэмрэ. Абыхэм я зыкъэгъэлъэгъуэныгъэхэм къыхэщырт наркотикыр зэрымыхъумыщIагъэр къэзыгъэлъагъуэ Iуэхугъуэхэр.
ГъэщIэгъуэнт, зэIущIэр екIуэкIыху а унэтIыныгъэм тету ящIа плакатхэр. Апхуэдэуи, сурэт щIынымкIэ зэпрагъэуащ сабийхэр. Ар иухащ щIалэгъуалэм я гукъыдэжыр къэзыIэта, зыгъэгушхуа, нэхъри гъунэгъу зэхуэзыщIа дискотекэкIэ.
Гугъуэт Заремэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29254.txt"
} |
Лъэщым и лъэр псынщIэу щIокI
Ди газетым зэрытетащи, щэбэт кIуам Налшык щекIуэкIащ ДАХ-м и жэрдэмкIэ зэхуашэса Дунейпсо адыгэ зэIущIэшхуэр. «Псори дызэхыхьэнщи, ди лъэпкъэгъухэм дадэIэпыкъунщ!» къыхуеджэныгъэм щIэт зэхыхьэр теухуауэ щытащ зауэ мафIэм зи щхьэр хэлъ Сирием щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм, абыхэм ящыщу адэжь щIыналъэхэм къэзыгъэзэжыфахэм я Iуэхур зыхуей хуэгъэзэнымкIэ щIапхъэхэм.
Гузэвэгъуэ къызытепсыха, СХьР-м бэ- лыхь щыхэхуа ди лъэпкъэгъухэм хэкурысхэмрэ нэгъуэщI къэрал щыпсэухэмрэ зэрызыщIагъэкъуэн, зауэм и лыгъэм къызэрыхашын Iэмалхэм и гугъу ящIащ а махуэм. абы теухуауэ хэкIыпIэу ялъагъур къагъэлъэгъуэну хьэзырт дунейм щикъухьа адыгэхэм я лIыкIуэхэр, адыгэгу зиIэ, адыгэпсэ зыIут, гущIэгъу зыхэлъ цIыху къызэрыгуэкIхэр.
Дунейпсо Адыгэ зэхуэсым хэтхэм захуегъазэ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Хьэсанэ Руслан.
Сэхъурокъуэ Хьэутий «Лъэпкъыр зэкъуэтмэ — лъэщщ» адыгэ псалъэжьым и купщIэр нэрылъагъу, хьэкъ щыхъу махуэт ар. Уащхъуэдэмыщхъуэу ди лъэпкъэгъухэм гузэвэгъуэр къащытепсыха дакъикъэм щыщIэдзауэ къуэшыгъэр, благъагъэр къызэкъуахауэ зи лъэ вакъэ изылъхьэ, зи щхьэ пщIэ хуэзыщIыж дэтхэнэри, гулъытэ къудей фIэкI мыхъуми, я къару илъымкIэ абыхэм ядоIэпыкъу. Ауэ нобэми Сирием ди цIыху щыхокIуадэ, екIуэлIапIэншэ хъуахэр утыкум къонэ, зэхэзехуэн ящIа ди къуэшхэм тхьэмыщкIагъэшхуэ къалъыкъуэкIауэ, хэт и бын, хэт и щхьэгъусэ, хэти и унагъуэр зэрыщыту щIалъхьэж. ЛъэныкъуэкIэ ущыту а псом уеплъыныр гущIэгъуншагъэщ.
Къэрал киноконцерт гъэлъэгъуапIэм и пэш нэхъ иным щекIуэкIа зэIущIэр Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий къызэIуихащ. Псом япэрауэ, абы фIыщIэ яхуищIащ лъэпкъ Iуэхум игъэгузавэу къахуеблэгъа дэтхэнэми.
— Хъыбар зэдгъэщIахэм ящыщу къанэ щIагъуэ щымыIэу къызэхуэсащ, — жиIащ Сэхъурокъуэм. — Гулъытэ хэха къытхуищIу, сыт хуэдэ Iуэху къетхьэжьэми къыддиIыгъыу зэрыщытымкIэ фIыщIэ ин худощI ди республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен. Хъыбар зэдгъэщIа республикэхэм я Iэтащхьэхэми апхуэдэ фIыщIэ яхуэфащэщ, я лIыкIуэхэр къызэрытхуагъэкIуам папщIэ.
ЩIэуфэ лей хэмыту жыIапхъэщ, хамэ къэрал ис ди къуэшхэм ди гур нэхъ яхуэмыгъуэу зэрыщытыр, псом хуэмыдэу нобэ Сирием щыпсэухэм я щхьэр мафIэм хэлъщи, тIуащIэу ахэм дахуогузавэ. Нэхъ япэIуэкIэ абыхэм ягъэунэхуащ хьэлэбэлыкъым и лейр, хэхэс цIэ жагъуэр нобэр къыздэсым зезыхьэ ди лъэпкъэгъухэр иджы етIуанэу зэхэзехуэн хъуащ. Псом хуэмыдэу гущIэгъу хуэныкъуэщ сабийхэр, бзылъхугъэхэр, ди нэхъыжьхэр.
Шыгъэлыгъуэ Уэджид Зи дамэ къута къуршыбгъэу хамэщIым къина ди лъэпкъэгъухэм захуигъазэу Сэхъурокъуэм жиIащ абыхэм я гузэвэгъуэр зэрызэхащIыкIыр, яхузэфIэкI мащIэмкIэ зыщIагъэкъуэну сыт щыгъуи зэрыхьэзырыр. «Дэ дызэкъуэмыту ди Iуэху дэкIынукъым. Дуней псом ящIэн хуейщ дызэрызэкъуэтыр, дызэрызэрыIыгъыр», — дыщIигъуащ абы и псалъэхэм.
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэм къызэхуэсахэр щыгъуазэ ищIащ Тыркуми Иорданиеми ди лъэпкъэгъу куэд ирагъэблэгъауэ, ахэр зыхуей хуагъэзэн папщIэ лэжьыгъэшхуэ зэрыщрагъэкIуэкIым. КъищынэмыщIауэ, Сочэ щекIуэкIыну Олимпиадэр къыщызэIуахкIэ адыгэхэми я щыIэкIэ-псэукIэр щагъэлъэгъуэну хуит къызэращIар, Урыс-Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 150-рэ зэрырикъум иращIэкIыну дауэдапщэхэр зэрекIуэкIынур, лъэпкъым гуфIэгъуэ махуэ иIэну яфIэигъуэу, ар махуэ гуэрым траухуэн хуейуэ къызэрыхалъхьар яжриIащ.
Къардэн Самир Дунейпсо зэхыхьэшхуэр щIызэхуашэса щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэм дежкIэ къыщигъэзэжым, Сэхъурокъуэ Хьэутий къыхигъэщащ 1994 гъэм Урысей Федерацэм къыщащта унафэм ипкъ иткIэ, УФ-м и паспортыр къыIахыну хамэ къэрал ис ди лъэпкъэгъухэм хуитыныгъэ иратауэ зэрыщытар, абы щыгъуэ цIыху 874-м фIэкIа зэрызэрамыгъэпэщар. Иджы ахэр зауэ къыщыхъуа щIыпIэм тыншу къокIыжыф, иджыри апхуэдэ унафэм щIэлъэIуну зэрамурадыр жиIащ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым къашэжахэм ящыщу унагъуэ 20-м щIигъум унэ къыхуащэхуащ. Иджыри унагъуэ 53-м, КъБР-м и Iэтащхьэм и унафэкIэ, псэупIэхэр къыхузэрагъэпэщ, унагъуэ зимыIэ адрей щхьэзакъуэхэми хэкIыпIэ къыхуагъуэтынущ.
— Зэхэдубла псапащIэ Iуэхум къыхэкI ахъшэр дыхуэсакъыпэу ди лъэпкъэгъухэм зэралъэIэсыным ехьэлIауэ унафэ зэпэшэча къэтщтэн хуейщ. Ахъшэр къызэрысэбэпамрэ зытекIуэдамрэ дэтхэнэми зыщигъэгъуэзэфын хуэдэу Интернетым къитлъхьэжынущ, — къыпищащ Сэхъурокъуэм.
АдэкIэ псалъэ иратащ Правительствэм и УнафэщI Хьэсанэ Руслан. КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен и фIэхъус сэламыр къызэхуэсахэм яриха нэужь, абы жиIащ мы Iуэхур зи жэрдэмхэм икъукIэ къалэнышхуэ я пщэ далъхьэжу, Iуэху щхьэпэ къызэрырахьэжьар.
Бырсекъуэ Орфан — Адыгэ зэхуэсхэм махуэ къэс зыкъредмыгъэхьэлIэфми, дыкIэлъоплъ, псоми зыщыдогъэгъуазэ. Адыгэм и щхьэ кърикIуам иригузавэу, лъэпкъыр зы ищIыжыну и щIыхьым телажьэ дэтхэнэми фIыщIэ хуэфащэщ. Лэжьыгъэ IуэхукIэ си пщэ къыдэхуэ къалэнхэм къищынэмыщIауэ, сэри адыгэ анэ сыкъилъхуащ, адыгэлъ сщIэтщи, лъэпкъым и пщэдейм срогузавэ. Нобэ дыщIызэхуэса ди къуэш, ди шыпхъухэм Кавказ зауэжьым и лъэхъэнэм ещхьыркъабзэу, иджыри леишхуэ къатехьащ. Аргуэру я унэ-лъапсэр IэщIыб ящIу щIэрыщIэу псэун щIадзэжын хуей мэхъу. ТхузэфIэкIымкIэ дадэвгъэIэпыкъу.
Премьерым и псалъэхэм къыхигъэщащ лъэпкъым папщIэ Iуэху щхьэпэу къаIэтыр республикэ унафэщIхэм гулъытэншэу къызэрамыгъэнэнур, зэрызащIигъэкъуэнур, зым и макъыр адрейм зэхихыу лъэпкъ Iуэху зэрахуэну, я зэпыщIэныгъэр нэхъ быдэж ящIыну зэрыщыгугъыр.
ТIамжьыкъуэ Умар-Фарукъ АР-м, КъБР-м, КъШР-м я цIыхубэ тхакIуэ МэшбащIэ Исхьэкъ псалъэ щратым, жиIащ зэман и пэкIэ хэкужьыр залымыгъэкIэ зрагъэбгына ди адэжьхэм етIуанэу а гуауэр зыхащIэн хуейуэ къазэрыхуихуар. И лъэпкъэгъухэр сыт щыгъуи и гум зэрилъым и щыхьэту, МэшбащIэм абыхэм ятеухуауэ тхылъ зыбжанэ и Iэдакъэ къыщIэкIащ. Махуэ бжыгъэ и пэкIэ дунейм къытехьа «Хэкум ирахуахэр» тхылъыщIэр а гузэвэгъуэшхуэрщ зытеухуар. Тхыдэр зи лъабжьэ романхэр хуабжьу сэбэпышхуэщ уи блэкIар пщIэжынымкIэ, ар щIэблэм ебгъэцIыхунымкIэ. Лъэпкъым и щхьэ кърикIуэ Iуэху мыщхьэпэхэм хуабжьу зэригъэгумэщIыр къыхощ МэшбащIэм и тхыгъэхэми, и псалъэхэми.
— Лъэпкъым и бын псоми ди къару илъ тщIэн хуейщ. Ди лIыщхьэхэм дызэхамыщIыкIми, унафэщIхэм захуэдмыгъэгусэу дэтхэнэ зы адыгэми ди пщэ къыдэхуэ къалэныр дгъэзэщIапхъэщ. КъытхуащIэнум девмыгъажьэу девгъэужьэрэкI, — дыщIигъужащ абы и псалъэхэм.
Зэхыхьэм кърихьэлIахэр ирагъэплъащ Сирием щекIуэкI хьэлэбэлыкъхэм теухуауэ «1 КъБР» телеканалым игъэхьэзыра нэтыным. Абы къыхощ ди лъэпкъэгъу мини 120-рэ щыпсэу Сирием щекIуэкI зауэм адыгэр нэхъри зэрызэкъуигъэувар, дуней псом щикъухьа ди лъэпкъэгъухэм ящыщу Сириер псэупIэ зыхуэхъуахэм лей нэхъ къалъысу къызэрыгъуэгурыкIуэр. Урыс-Кавказ зауэм щыгъуэ хэкур зрагъэбгынэу Сирие къэралыгъуэм ягъэIэпхъуа адыгэхэм я Iуэху нэхъ зэтеувэу щыщIидзэм, 60 гъэхэм хьэрып-журт зауэр къэхъейри, адыгэ къуажэ 11-м къыдахуащ. Аргуэру къэралым къыщыхъея зауэм лажьэншэ ди лъэпкъэгъухэр хокIуадэ. Нэтыным къыхощ Сирием щыщ адыгэхэм Дунейпсо Адыгэ Хасэр, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ Республикэхэм щыIэ къэрал къулыкъущIапIэхэр зэрадэIэпыкъур, УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым и лIыкIуэхэр, абыхэм Къэжэр Альбертрэ Дер Вячеславрэ яхэту, нэгъабэ Сирием зэрыщыIар. Сэхъурокъуэ Хьэутий, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, къэзыгъэзэжахэм ящыщ Пэунэж Яшар, «Пэрыт» хасэм и юрист Хьэгъэжей Беслъэн, ДАХ-м и къэзыбж комиссэм хэта Къуэдзокъуэ Анатолэ, Тыркум щыIэ ди лъэпкъэгъухэм я «Каффед» зэгухьэныгъэм и унафэщI Шыгъэлыгъуэ Уэджит, нэгъуэщIхэри мы нэтыным къыщыпсэлъащ, Сирием щекIуэкIым теухуа я Iуэху еплъыкIэхэр къагъэлъагъуэу.
Дербит Валерэ Чристэн дин IуэхущIапIэм и благочиннэ Бобылев Валентин къызэхуэсахэм къахуеджащ Москварэ Урысей псомрэ я патриархым Сирием щекIуэкI зауэм, гузэвэгъуэм къыхэкIыу цIыхухэм зэрызахуигъазэм. Абы итщ:
— ИлъэситIым нэблэгъауэ зауэ лыгъейр Сирием щокIуэкI. Абы къриубыдэу къэралым ис цIыху мини 10 бжыгъэхэр хэкIуэдащ. Бэлыхь хэхуахэм леишхуэ къатохьэ, лъапсэрыхыр къыхуагъакIуэ. ЩIыналъэм ит мэжджытхэр, псэуалъэхэр якъутэ, цIыхухэр я унэм къыщIаху, зэтраукIэ, къалэхэмрэ къуажэхэмрэ ягъэс. Къелахэр хуэныкъуэщ щыпсэунрэ яшхынрэ. Языныкъуэхэр зрашэлIэжащ я Iыхьлыхэмрэ благъэхэмрэ, адрейхэр нэгъуэщI къэралхэм Iэпхъуэн хуей хъуа. Лажьэншэ цIыхухэм ялъ зэрагъажэм лъэныкъуэкIэ дыкъыщеплъ хъунукъым, дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэхэм тхузэфIэкI яхуэтщIэну ди къалэнщ. Гузэвэгъуэм хэхуахэр, щыпсэу къэралми зэрыт динми емылъытауэ, защIэдгъэкъуэну дэтхэнэми ди хьэкъщ.
Бобылев Валентин жиIащ мы тхьэмахуэм члисэхэми ахъшэ зэрыщызэхуахьэсынур, Сирием исхэм ядэIэпыкъун папщIэ.
ДАХ-м и гъэзэщIакIуэ гупым хэт Бырсекъуэ Орфан фIыщIэ яхуищIащ мы зэхыхьэр къызэзыгъэпэщахэм. Абы зэрыжиIамкIэ, Сирием щекIуэкI зауэм кIуэ пэтми зеубгъу, зэщIоплъэ, зы махуэм нэхърэ къыкIэлъыкIуэм нэхъыбэ хокIуадэ, ди лъэпкъэгъухэми лей къатохьэ, адыгэ щIалэу ныбжьыщIи 110-рэ яукIащ.
Бэгъущэ Iэдэм — Пэжщ, адыгэхэр зауэр нэхъ щыкIащхъэ къуажэхэм Iэпхъуащ. Къэбгъэлъагъуэмэ, Дамаск унагъуэ мини 4-м щIигъу екIуэлIащ. Ахэр Адыгэ Хасэмрэ унагъуэхэмрэ зрашэлIауэ зыхуей хуагъазэ, щыпсэункIэ, шхынкIэ ядоIэпыкъу. УнагъуиплI-тху езыгъэблэгъахэри щыIэщ. Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ, Абхъаз, Осетие Ищхъэрэ-Алание республикэхэм фIыщIэшхуэ яхуэфащэщ зауэм зи щхьэ къыхэзыхыу Сирием къикIыжахэм зэрадэIэпыкъум папщIэ. КъищынэмыщIауэ, Тыркум, США-м, Йорданием, Европэм и къэралхэм щылажьэ адыгэ хасэхэри ди лъэпкъэгъухэм къазэрыдэIэпыкъум папщIэ Тхьэр арэзы къахухъу, — къыхигъэщащ Орфан. — Адыгэ псори дегъэгузавэ Сирием исхэм я Iуэхур зэрызэщIэплъэм, нэхъыкIэ зэрыхъум. Мы зэхыхьэм хэтхэм ди пщэ къыдохуэ унафэ къатщтэу Урысей Федерацэм зыхуэдгъэзэну, Iуэхугъуэ зыбжанэ-кIэ къыддэIэпыкъун папщIэ.
КIэкIыхъу Мэжид
МэшбащIэ Исхьэкъ
Бобылев Валентин
Къуэдзокъуэ Мухьэмэд
Апхуэдэ Iуэхугъуи 10 Орфан къигъэлъэгъуащ. Урысейм щыщу хамэ къэралхэм щыпсэухэм я ЗэзыгъэуIу советым 2010 гъэм мазаем и 25-м хыхьащ Сирием щыIэ Адыгэ Хасэм хэтхэр. Урысейм адыгэхэр и лъэпкъыу къыщилъытакIэ, Сирием къикIыжхэр зыхуеину тхылъхэр тыншу, псынщIэу икIи ахъшэншэу хуагъэхьэзырынымкIэ дэIэпыкъун хуейуэ къагъэув. Сирием щыпсэу адыгэ мини 4-м щIигъум я хъуэпсапIэщ я щхьэр гузэвэгъуэм къыхахыу Хэкум къагъэзэжыну. Ди жагъуэ зэрыхъущи, къызэрыкIуэжын мылъку зэрабгъэдэмылъым а Iуэхур елъахъэ. Абы къыхэкIыу УФ-м зыхуагъазэ адыгэхэр Сирием къришыжыну, хэхэсу щытауэ къэзыгъэзэжхэм зэрадэIэпыкъу къэрал программэм ахэри хагъэхьэну, къэзыгъэзэжахэр псэупIэрэ лэжьыгъэкIэ къызэрагъэпэщыну, щтапIэ ихьэжахэм теухуауэ щыIэ хабзэхэр ягъэлэжьэну. Урысейм, нэгъуэщI къэралхэм я гуманитар IуэхущIапIэхэр, мы Iуэхум къыхэшауэ тхьэмыщкIагъэ ин къызылъыкъуэкIа Сирием ис адыгэхэм ядэIэпыкъуну я мурадщ. Хэкум щыIэхэм я гугъу пщIымэ, Сирием щыщ щIалэгъуали 102-рэ КъБКъУ-м и студентщи, я Iуэхур адэкIэ зэрыхъунум егъэгузавэ. Республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен и мылъкукIэ абыхэм нэхъапэкIэ япэIэбащ, адэ-анэхэр зыдэмыIэпыкъужыфхэр дауэ зэреджэнур? ЩIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ ящыщу еджэн къэзухахэр Урысейм зэрисыну хуит пIалъэр и кIэм нэблэгъащи, къэрал унафэщIхэм ди республикэм и лIыкIуэу Федеральнэ Зэхуэсым, УФ-м и Къэрал Думэм щыIэхэм зыхуагъазэ а Iуэхухэр зэфIахыну, ныбжьыщIэхэм ядэIэпыкъуну.
Адыгейм и лIыкIуэ гуп.
«Заман» газетым и редактор нэхъыщхьэ Аттаев Жамалрэ Щхьэлыкъуэ къуажэм и тхьэмадэ Къуныжь Хьэчимрэ.
Телемарафоным хэтщ Тыркум къикIа лIыкIуэхэр. Абыхэм йопсалъэ журналист Хъуэж Жан.
— Ди лъэпкъэгъухэм къалъыкъуэкIа гузэвэгъуэр адыгэу дунейм тетым дигу къоуэ. Ди къуэшхэмрэ шыпхъухэмрэ къатепсыха насыпыншагъэм нобэ дызэкъуигъэуващи, Iэмал зэриIэкIэ, дадоIэпыкъу, ятелъ хьэлъэр ящыгъэпсынщIэным, зымащIэкIэ нэхъ мыхъуми ящхьэщыхыным къарууэ диIэр идохьэлIэ. Сирием ис, абы къикIыжа адыгэхэм я Iуэхур ефIэкIуэным теухуа унафэ дахэ нобэ къэтщтэну дыщогугъ. Сирием нэхъ и гъунэгъур Иорданиеращ, — жиIащ а къэралым и Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и тхьэмадэ Къардэн Самир. — Зауэм хэхуа ди лъэпкъэгъухэм щыщу ди деж къэкIуэнухэр къэпсалъэурэ иджыри къыздэсым тыншу дадэIэпыкъуащ. Иджы ар нэхъ гугъу хъуами, тхузэфIэкI къэдгъанэркъым. Псори зэхэту унагъуэ 350-рэ ди деж къэкIуащ, ахэр цIыху 1400-рэ мэхъу. ЗыщIэсыну унэхэр къахуэдгъуэтыхукIэ, Хасэр я хэщIапIэщ. Щэбэт къэс дохутырхэр я узыншагъэм кIэлъыдогъэплъ, сымаджэщым кIуэн къахэкIмэ, доунэтI. Ерыскъы, фэилъхьэгъуэ, унагъуэр зыхуеину хьэпшыпхэмкIи дапоIэбэ. ЕджапIэ кIуэн хуей ныбжьыщIэхэри гулъытэншэ тщIыркъым, школхэм дахугуроIуэ. Балигъхэми IэнатIэ къахудогъуэт, я щхьэ, я унагъуэ ягъэпсэун хуэдэу. Хасэм къекIуалIэурэ зи благъэ, Iыхьлыхэр къызыхуэдгъуэтыжахэри мащIэкъым. Мы Iуэхум яхузэфIэкI хэлъхьэныгъэ хуэзыщIхэр Тхьэм игъэпсэу. Адыгэр дызэрылъагъуу, дызэрылъытэу, дызэрыIыгъыу дыкъыздэгъуэгурыкIуэну си гуапэщ. Гуп-гупу дызэбгрыкIмэ, куарууншэ дыхъунущ, зылI и быну дызэрыубыдрэ дызэкъуэтмэ, дылъэщщ.
Шыгъэлыгъуэ Уэджиди къыхигъэщащ ди лъэпкъэгъухэм дадэмыIэпыкъумэ, ахэр Хэкум къихьэжынымкIэ Урысейм защIимыгъакъуэмэ, адыгэм и щхьэр хуэмыхъумэжынкIэ шынагъуэ зэрыщыIэр, абы и лъэныкъуэкIэ «Пэрыт» хасэм куэд зэрызэфIигъэкIар, зэхуахьэса ахъшэр Сирием ис адыгэхэмрэ къэзыгъэзэжахэмрэ ялъэIэсын хуэдэу къагъэсэбэпын зэрыхуейр. «Щыгъуэу зи гъащIэр зыхь адыгэм гуфIэгъуэ махуэр зытрагъэхуэнум щегупсысыпхъэр Сирием ис ди лъэпкъэгъухэм Хэкум къагъэзэжмэщ, Сочэ адыгэ щIыналъэу зэрыщытар Урысейм къилъытэрэ адыгэм къызэрыдэкъуэншэкIамкIэ зыкъиумысыжмэщ», — жиIащ абы.
Къэрэшей-Шэрджэсым и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ, Шэрджэс Адыгэ Хасэм хэт Гъуэщокъуэ Инал къытеувыIащ Сирием къикIыж ди лъэпкъэгъухэр пIалъэкIэ къэралым исыну хуит зэращI, щIыналъэм щыпсэун папщIэ зыхуеину тхылъыр Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм, къэралым къыщратыным пыщIа Iуэхухэр зэрыгугъум, къэзыгъэзэжа цIыху 60-м щIигъур илъэсым щIигъуауэ зи ужь ит а Iуэхур зэрызэфIэмы-хьэм.
Налшык къалэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Дол Анжелэрэ КъБКъУ-м и профессор Дзэмыхь Къасболэтрэ.
Гъуэщокъуэ Инал къигъэлъэгъуа пIалъэм къриубыдэу зи тхылъхэр хьэзыр хъууэ пIалъэкIэ я щIыналъэм щыпсэуну хуит ящIар цIыху 18-щ, адрей 32-м я Iуэхур хузэфIагъэкIакъым, щхьэусыгъуэ гуэрхэр къагъэлъагъуэурэ. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, илъэс 80-м щхьэдэха, пIащIэу зи унэр зыбгынэу Хэкужьым къэкIуэжа цIыхухъум ар балигъ зэрыхъуам, къызэралъхуам щыхьэт техъуэ тхылъхэр зэрыпаубыдар, языныкъуэхэм я документхэм нагъыщэ гуэрхэр зэрыщамыгъэувар фIэгъэнапIэ зэращIар, нэгъуэщI-къинэмыщIхэр. Нэхъ гузэвэгъуэращи, зи тхылъ хьэзыр хъуауэ къагъэлъэгъуа цIыху 18-м ящыщу ар зыIэрыхьэжар 8-рщ, 10-м щIыпIэм щыпсэуну пIалъэу къыхуагъэлъэгъуар икIащ. Абыхэм Сирием ягъэзэжу аргуэру Хэкужьым къихьэжыну паубыд. КъШР-м и Iэтащхьэ Темрезов Рашид Iуэхур зэфIэхыныр зи къалэнхэм мызэ-мытIэу унафэ яхуищIа пэтми, ягъэзащIэркъым. Гъуэщокъуэм зэрыжиIэмкIэ, Урысейм и лъэпкъхэм ящыщ адыгэхэр къэралым къихьэжыну, икIыжыну хуитыныгъэ псори яIэн хуейщ. Урысыбзэм къыдэкIуэу, адыгэбзэри къэралыбзэу къыщащта Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ республикэхэм къагъэзэжыну, урысыбзэр Iэмал имыIэу ящIэн хуейуэ памыубыдыну зэгурыIуэн хуейщ абы зи унафэ хэлъ псори.
АР-м и Адыгэ Хасэм и Тхьэмадэ Бэгъущ Iэдэми жаIам арэзы техъуэу къыхигъэщащ адыгэхэм я Iуэху зэIумыбзу зэхуэсым щагъэбелджылахэр Урысей Федерацэм и Президентым и деж нагьэсын зэрыхуейр. Хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм Хэкужьыр зрагъэгъуэтыжыным теухуауэ щыIэ федеральнэ программэм хуэдэ Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ республикэхэми ягъэбелджылын, ди лъэпкъэгъухэм я Iуэху дэкIыным теухуа зэхуэсхэр щIэх-щIэхыу ирагъэкIуэкIыурэ цIыхубэр, къэралыр къызэщIаIэтэн зэрыхуейр жиIащ.
Шапсыгъ Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ КIэкIыхъу Мэжид къыхигъэщащ ди лъэпкъэгъухэм я Iуэхур нэхъ Iей зэрыхъум, кIуэтэху гузэвэгъуэм зэрызиубгъум зэригъэгузавэр. Я къару илъымкIэ зыщIагъэкъуэну хьэзырми, абыхэм къаугъуеину ахъшэм къэрал унафэщIхэр хэмыту тхьэмыщкIагъэ къызылъыкъуэкIахэм куэдкIэ сэбэп зэрахуэмыхъуфынур белджылы ящIащ абы и псалъэхэм. Апхуэдэ гупсысэр и лъабжьэт Европэм щыIэ Кавказ Хасэхэм я Федерацэм и Iэтащхьэ ТIамжьыкъуэ Умар-Фарукъ утыкум къыщрагъэблэгъам жиIами. Абы къыхигъэщащ Сирием къыщыхъуа гузэвэгъуэм лъэпкъыр къигъэушу, зы зищIыжын, зэкъуэувэжын хуейуэ. Ар къэрал Iуэхуу зэрыщытри жиIащ Умар-Фарукъ.
Хьэжы Русланрэ (КъБР) сенатор Дер Вячеславрэ (КъШР).
Мы адыгэ пщащэ дахэхэм лIыкIуэхэр кърагъэблагъэ.
Хьэсанэ Руслан гузэвэгъуэ хэхуахэм ядоIэпыкъу.
ДАХ-м къеблэгъащ Иорданиемрэ Германиемрэ я хасэхэм я тхьэмадэхэр. 28.06.2013 гъэ
Мэздэгу щыIэ Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Дербит Валерэ и псалъэхэм къыхигъэщащ Мэздэгу дэс адыгэхэр куэд мыхъуми, я къуэшхэм я щхьэ кърикIуа тхьэмыщкIагъэр зэхащIыкIыу зы мащIэкIэ зыщIагъэкъуэн мурадкIэ, машинитIым из ерыскъыхэкIрэ ахъшэ сом мин 70-рэ къызэрашар.
ЗэIущIэм и кIэухыу «Пэрыт» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и юрист Хьэгъэжей Беслъэн къызэхуэсахэм яжриIащ хэкум къэкIуэжхэм ядэIэпыкъун мурадкIэ къызэрагъэпэща «Пэрыт» хасэм и пщэ къыдэхуэ къалэнхэр, апхуэдэуи Сирием зауэ гуащIэ къызэрыщыхъурэ абыхэм лэжьыгъэшхуэ зэрырагъэкIуэкIыр. Хьэгъэжейм и псалъэхэм къыхэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым цIыху 700-м нэблагъэ къызэрыкIуэжар (студентхэр хэмыту). Абыхэм ящыщу цIыхуи 114-м УФ-м и паспортыр яIыгъщ.
2012 гъэм «Пэрыт» зэгухьэныгъэм игъэхьэзырри, езыгъэблагъэ тхылъ 1237-рэ Сирием ирагъэхьати, цIыху 465-рэ къэкIуэжыфауэ аращ, 2013 гъэм ягъэхьэзыра егъэблагъэ тхылъ 505-м ящыщу ар къэзыгъэсэбэпыфар 83-рщ.
— Езыгъэблагъэ тхылъхэм лэжьыгъэу текIуадэр къэгъэнауэ, къэрал пошлинэ щIыдот, къэмыкIуэж псоми я тхылъымпIэхэм щIат ахъшэмрэ лэжьыгъэмрэ псыхэкIуадэ мэхъу. Абы къищынэмыщIауэ, «Пэрыт» зэгухьэныгъэм и цIэкIэ езыгъэблагъэ тхылъ куэд хамэ къэрал зэредгъэхьам щхьэкIэ Iуэху дащIащ. Къыхэгъэщын хуейщ, апхуэдэ щIыкIэкIэ къэтшэж цIыхухэм щхьэкIэ дэ жэуап зэрытхьыр, — жиIащ къэпсэлъам.
Зи гугъу ищIа щхьэусыгъуэ псоми къыхэкIыу, «Пэрыт»-м и лэжьыгъэр пIалъэкIэ къызэтригъэувыIэн хуей зэрыхъур къыхигъэщащ Хьэгъэжейм.
Адыгэ зэхыхьэшхуэм кърикIуахэр къызэщIикъуэжу Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий къыхигъэщащ лъэныкъуэ псори зэпашэчу, нэхъапэр къалъытэу, чэзукIэ Iуэхур дэгъэкIыныр зэрыфIэтэмэмыр. Къуэш республикэхэм я лIыкIуэхэр къыхуриджащ щхьэж и щIыналъэ телемарафон щрагъэкIуэкIыну.
ЩОМАХУЭ Залинэ, ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Ди къуэшхэр дэращ зыщыгугъыр
ГущIэгъу зыхэлъу псапэ зыщIэм нэхъ цIыху къулей щыIэкъым. Ар дэIэпыкъуэгъу хуэхъунущ цIыху дэхуэхами лей зытехьа лъэпкъми… Апхуэдэ гуапагъэр я гум щызу мэкъуауэгъуэм и 29-м Налшык цIыхушхуэ щызэхуэсат. Дунейпсо Адыгэ Зэхуэсым къеблэгъахэм я гупсысэр зыт: «Дызэкъуэтмэ — дылъэщщ».
Махуэр зытеухуауэ щытар Сирие къэралыгъуэм щекIуэкI зауэ гуащIэм ди хэкуэгъухэр къыхэша зэрыхъуну щIыкIэхэр яубзыхунырщ, зэрадэIэпыкъуну Iэмалхэр къагъэлъэгъуэнырщ. Абы кърихьэлIащ Тыркум, Сирием, Иорданием, Германием, зэкъуэш республикищым (КъБР, АР, КъШР), нэгъуэщI щIыпIэхэм я лIыкIуэхэр.
Сыт хуэдэ зауэри гузэвэгъуэщ, абы хокIуадэ балигъи сабии… Дунейпсо зэгухьэныгъэхэм, IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, Сирием къыщыхъея мафIэ лыгъейм мазэ къэс я гъащIэр ехь цIыху мини 5-м нэблагъэм. ЗэрытщIэщи, зауэм зи щхьэр къыхэзыхыфа цIыху 700-м нэс мы зэманым Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэщ. Абыхэми а къэралым къина ди лъэпкъэгъухэми защIэгъэкъуэным тещIыхьат псапащIэ телемарафон ирагъэкIуэкIар. «Сирием щыщ ди къуэшхэм дадэвгъэIэпыкъу» фIащауэ сыхьэтихым щIигъукIэ екIуэкIа псапащIэ Iуэхум мы зэкIэ къыхэкIащ сом 1 мелуанрэ мин 339-рэ, доллару — 10700-рэ. Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий зэрыжиIамкIэ, а лэжьыгъэм адэкIи пащэнущ.
— Нобэ дыщIызэхуэса Iуэхум ирогузавэ дуней псом и щIыпIэ куэдым щыпсэу адыгэхэр, — захуигъэзащ кърихьэлIахэм ДАХ-м и тхьэмадэм. — Ди жагъуэ зэрыхъунщи, Сирием щекIуэкI зауэм и курыкупсэм хэхуащ гъащIэм и нэщIэбжьэкIэ абы къыщыхута ди лъэпкъэгъухэр. Зыри зимылажьэ цIыху мамырхэр, сабийхэр хокIуадэ. Къэлъытапхъэщ ди къэралри лъэкIкIэ а лъыгъажэр къэгъэувыIа зэрыхъунум зэрыхэлIыфIыхьыр, ауэ дэри ди къару деблэж хъунукъым — ахъшэ зэхуэтхьэсу я щыгъынкIэ, шхынкIэ абыхэм гулъытэ яхуэтщIын хуейщ. ФIыщIэ яхузощI сэбэп къытхуэхъу ди цIыхухэм.
Телемарафоныр къыщызэIуахым къэпсэлъащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Хьэсанэ Руслан.
— Гузэвэгъуэр сыт щыгъуи упэмыплъауэ къыптепсыхэ Iуэхущ. Сирием щыпсэу адыгэхэм тIэунейрэ я лъапсэхэр, я нэхъыжьхэр зыщIалъхьа щIыпIэхэр ябгынэн хуей хъуащ. Тхыдэм къытригъэзэжащ аргуэру, цIыхухэм я унэ-лъапсэхэр къагъанэурэ, я псэр щахъумэну щIыпIэхэм макIуэ. Ахэр дадэIэпыкъуну къытщогугъ. Ди лъэпкъыр сыт щыгъуи адрейхэм къазэрыхэщу щытар хэлъ гущIэгъумкIэщ, и гуапагъэмкIэщ», — жиIащ абы.
— ТхьэмыщкIагъэ зылъыса ди къуэш-ди шыпхъухэм я псэукIэ хъунум дытогузэвыхьри, щхьэж и гупсысэ къигъэлъагъуэу, зы хэкIыпIэ къэдгъуэтыну сыхуейщ. ПсэукIэ дахэ Тхьэм къаритыж, адыгэм и Iуэхур Алыхьым къригъэхъулIэ! — жиIащ Иорданием щыIэ Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Къардэн Самир.
Сирием щекIуэкI зауэм хэкIуэдахэм щхьэкIэ дыуэ яригъэщIащ КъБР-м и муслъымэн IуэхущIапIэм и унафэщI Дзасэжь Хьэзрэталий.
— Сирием щыпсэухэм гузэвэгъуэшхуэ къалъэIэсар зыхуэдэр дощIэ. Фыкъыхузоджэ гууз-лыуз фиIэу мы Iуэхум фыкъыхыхьэну. Мэжджытым къекIуалIэ цIыхухэм хъыбар едгъащIэри ахъшэ зэхуэтхьэсащи, абыкIэ зыгуэрым сэбэп дыхуэхъуфмэ, ди гуапэщ. Тхьэм гущIэгъу къахуищI цIыхубэм. Лей зытехьахэм и сомкIэ япэIэбэм ар псапэу иIэнущ, — къыхигъэщащ Дзасэжьым.
Телемарафоным хэта цIыхухэм жаIэн я куэдт.
Дербит Валерэ, Мэздэгу Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ: — Нобэ гузэвэгъуэм дызэхуишэсауэ аращ. Зауэм къыхэнахэм я гугъу умыщIыххи, Хэкум къихьэжа ди къуэшхэри гугъу йохь я псэуныгъэкIэ. Ар къэтлъытэри, ерыскъы машинитI зэ къедгъэшащ, иджы мы Iуэхум ахъшэ сом мин 70 хэтлъхьащ. Тхьэм ди адыгэ лъэпкъым зригъэузэщIыж, Сирием щекIуэкI зауэр иухыу, ди лъэпкъэгъухэмрэ дэрэ дыздэгуфIэжын Алыхьым ищI.
Шыгъэлыгъуэ Уэджид, Тыркум щыIэ Хасэхэм я Федерацэм и тхьэмадэ: — Зауэм аргуэру зэбгридза лъэпкъыр бэлыхьышхуэ хэхуащ. Мы зэманым Тыркуми зи щхьэ незыхьэлIа цIыху 1200-рэ щыIэщ, абыхэми зыхуей-зыхуэныкъуэхэмкIэ дакIэлъоплъ, унэхэм щIэдгъэтIысхьащ. СызэригугъэмкIэ, ДАХ-м хуэдэ IуэхущIапIэхэрщ мы Iуэхур и пэкIэ зыгъэкIуэтэфынур, ди лъэпкъэгъухэм щIэгъэкъуэн яхуэхъуфынур. Ди гуапэт Урысейри нэхъ жыджэру а лэжьыгъэм къыхыхьэрэ ди къуэшхэр я лъахэм кърашэжынымкIэ дэIэпыкъуэгъу къытхуэхъуамэ.
Вэрокъуэ Владимир, КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и фондым и унафэщI: — Нобэ си лъэпкъым сропагэ, срогушхуэ. Солъагъу IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм Iутхэм къищынэмыщIауэ, лIыжь-фызыжьхэри щIалэгъуалэри псапащIэ Iуэхум къызэрыхыхьар. Си гуапэщ Къэбэрдей-Балъкъэрым гущIэгъу зыхэлъ апхуэдэ цIыхухэр зэрыщыпсэур. ЗыгуэркIэ зы къуажэ цIыкIум е къалэм мафIэс къыщыхъуарэ «ар дэ ди Iуэхукъым», — жытIэмэ, фи фIэщ фщIы, зы гузэвэгъуэ гуэр уэри къызэрыпкIэлъысыжынур. КъыдгурыIуэн хуейщ къэхъуар къытфIэмыIуэхуу дыщыс зэрымыхъунур. Дыхуейщ мамырыгъэ, Тхьэм фиузэщI цIыху гуапэхэр.
Дол Анжелэ, Налшык къалэ щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ: — ИкъукIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ лэжьыгъэ нобэ иригъэкIуэкIащ ДАХ-м. Зауэм хэтхэм дадэIэпыкъун хуейщ, я щхьэр абы къыхахыфын папщIэ. Дэ ди тхыдэр гъэнщIащ адыгагъэкIэ. Адыгэр сыт щыгъуи гумащIэщ, лей зытехьам, ар зыщыщ лъэпкъым емы- лъытауэ, дэIэпыкъуну хьэзырщ. А хьэлыфIыр зыхэднэ мыхъунухэм ящыщщ.
Дунейпсо Адыгэ Зэхуэсым и зэIущIэр иуха нэужь, Сэхъурокъуэ Хьэутий къыхигъэщащ «Сирием щыщ ди къуэшхэм дадэвгъэIэпыкъу» псапащIэ Iуэхур дяпэкIи егъэкIуэкIын хуейуэ зэхыхьэм къызэрыщагъэлъэгъуар. «А зауэм хиубыдащ адыгэм и мызакъуэу, осетинхэри, ингушхэри, нэгъуэщI лъэпкъхэри. Абы къыхэкIыу икъукIэ ди гуапэ хъуащ лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм къахэкIа цIыхухэри мы псапащIэ Iуэхум къызэрыхыхьар. Псоми фIыщIэ яхузощI», — жиIащ Сэхъурокъуэм.
БАГЪЭТЫР Луизэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29259.txt"
} |
ПсэупIэкIэ къызэрагъэпэщ
Адыгей. Премьер-министр КъумпIыл Мурат республикэм и министрхэм я кабинетым и зэIущIэ иригъэкIуэкIащ. Абы къыщаIэта Iуэхугъуэхэм ящыщщ сабий зеиншэхэр псэупIэкIэ къызэгъэпэщыныр.
— Субсидиер псэупIэкIэ хъуэжыным и лъэныкъуэкIэ законым игъуэтыну зэхъуэкIыныгъэхэр сабий зеиншэхэм я сэбэп зыхэлъщ. Абы ипкъ иткIэ апхуэдэ цIыхухэм папщIэ унэщIэхэр Iэмал имыIэу ухуэн хуейщ. А лэжьыгъэр зыгъэзэщIэнухэри республикэм иIэщ, — къыхигъэщащ КъумпIыл Мурат.
Тэхъутэмыкъуей куейм унитI, Мейкъуапэ зы унэ щаухуэнущ. Премьер-министрым гу лъаригъэтащ псори хабзэм ипкъ иткIэ зэфIэхын зэрыхуейм. Мы гъэм сабий зеиншэу 18, етIанэгъэ 97-рэ, 2015 гъэм цIыху 200 къызэрагъэпэщыну я мурадщ.
Iуэхутхьэбзэхэм я уасэм хохъуэ
Бадзэуэгъуэм и 1-м щыщIэдзауэ псэупIэ-коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэм щIат ахъшэм Адыгейм щыхэхъуащ. Псым, газым, электрокъарум, хуабэм ику иту процент 12 щIагъуащ.
Къыхэдгъэщынщи, псы щIыIэр сом 12-рэ кIэпIейкIэ 45-рэ и уасэщ. Псы пщтырыр соми 124-м щIигъуащ. Электрокъару зы киловаттым соми 3-рэ кIэпIейкIэ 12-рэ хуозэ. Газым и пщIэм процент 15-кIэ хэхъуащ.
Къэрэшей-Шэрджэсым и махуэр ягъэлъапIэ
Къэрэшей-Шэрджэс. Республикэм и Iэтащхьэ Темрезов Рашид и унафэкIэ бадзэуэгъуэм и 3-р зыгъэпсэхугъуэ махуэу ягъэуващ.
Нобэ ягъэлъэпIэнущ Къэрэшей-Шэрджэсыр къыщызэрагъэпэща, республикэм щыпсэу лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм я махуэхэр. Илъэс къэси хуэдэу, абыхэм ятеухуа нэгузегъэужь, зэпеуэ, нэгъуэщI Iуэхугъуэхэр ирагъэкIуэкIынущ.
Сом мелуан 694-рэ
Федеральнэ налог къулыкъум и IуэхущIапIэу Къэрэшей-Шэрджэсым щыIэм къызэритымкIэ, 2013 гъэм и щIышылэ-накъыгъэ мазэхэм УФ-м и зэгъэуIуа бюджетым сом меларди 2-рэ мелуан 624-м щIигъу ягъэхьащ. Илъэс кIуам и мазитхум елъытауэ ар процент 40-кIэ нэхъыбэщ.
Къэрэшей-Шэрджэсым и федеральнэ бюджетым мы гъэм и мазитхум налог хэхъуэу сом мелуан 694-рэ мин 476-рэ къыIэрыхьащ. КъШР-м и зэгъэуIуа бюджетым сом 1 мелардрэ мелуан 929-м щIигъу ягъэхьащ. Абыхэм ящыщу республикэ бюджетым — сом 1 мелардрэ мелуан 247-рэ, щIыналъэ бюджетхэм — мелуан 682-м щIигъу хуаутIыпщащ.
УЭРДОКЪУЭ Женя.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29293.txt"
} |
Нобэ
ГИБДД-м (ГАИ-м) и лэжьакIуэхэм я махуэщ
Къэрэшей-Шэрджэс Республикэр къыщызэрагъэпэща махуэщ. КъШР-м щыпсэу лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэщ (2004 гъэ лъандэрэ ягъэлъапIэ).
Алтай Республикэр къыщызэрагъэпэща махуэщ
Хакасие Республикэм и махуэщ
1957 гъэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и УнафэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым Ленин орденыр етIуанэу къыхуагъэфэщащ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 18 — 20, жэщым градус 16 — 17 щыхъунущ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29295.txt"
} |
Республикэм къыщалэжь ерыскъыпхъэхэм щIэупщIэшхуэ яIэнущ
КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен иджыблагъэ хуэзащ «Росагролизинг» акционер зэгухьэныгъэ зэIухам и генеральнэ директор Назаров Валерий. Абы кърихьэлIащ республикэм мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Къаздэхъу Альберт. ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ республикэм и мэкъумэшыщIэхэр «Росагролизинг» зэгухьэныгъэм зэрыдэлажьэм зегъэубгъуным.
КъБР-м и Iэтащхьэм жиIащ ди республикэм и мызакъуэу, зэрыщыту Кавказ Ищхъэрэми мэкъумэш хозяйствэм зыщегъэужьынымкIэ хэкIыпIэ инхэр зэрыщыIэр. Къанокъуэм къызэрилъытэмкIэ, мы IэнатIэм цIыху куэд щыпхуэгъэлэжьэнущ. Абы папщIэ кооперацэм зегъэужьын, мэкъумэшыщIэхэм мылъкукIэ, техникэкIэ ядэIэпыкъун хуейуэ аращ.
«Республикэр и щIыуэпсым и щытыкIэмрэ абы и къыхэщхьэхукIыныгъэхэмрэ я лъэныкъуэкIэ адрей и щIыналъэхэм йофIэкI. Къэбэрдей-Балъкъэрым рынокым увыпIэ тэмэм щиубыдын икIи фIагъ лъагэ зиIэ пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIхэмрэ ищэн хузэфIэкIынущ. Къуажэ лэжьакIуэхэр иджырей технологиехэм дедгъэхьэх закъуэмэ, Iуэхум ехъулIэнущ, ахэр лэжьыгъэм щыужакъым. Абы папщIэ агропарк хэхахэр къагъэсэбэпыпхъэщ. Апхуэдэ зы агропарк щIадзауэ Бахъсэн дащIыхь», — жиIащ Къанокъуэ Арсен.
Назаров Валерий къыхигъэщащ лъэныкъуитIыр зэрызэдэлажьэм зегъэубгъупхъэу къызэрилъытэр. КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министрым щIыгъуу хьэщIэр республикэм и агропромышленнэ IуэхущIапIэ зыбжанэм щыIати, абы и лъэныкъуэкIэ Iэмал инхэр зэрыдиIэр илъэгъуащ. Псалъэм папщIэ, «Строймаш» IуэхущIапIэм пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ зралъхьэн ашыкхэр пластикым къыхещIыкI. Абы пэхъун IуэхущIапIэ иджыпсту Урысейм щыIэкъым. Мы IэнатIэм къыщагъэсэбэп технологиехэм щыгъуазэ зищIа нэужь, Назаров Валерий жиIащ предприятэм и продукцэр ди гъунэгъу щIыналъэхэми куэду зэрыщыпхуэщэнур.
«Агро-Ком» теплицэ комплексыр къыщызэхакIухьым Къаздэхъу Альберт хьэщIэр щыгъуазэ ищIащ хадэхэкIхэр хуабэщхэм щыгъэкIыным республикэр зэрегугъур. «Промышленнэ теплицэхэм иджыпсту гектар 40-м щIигъу, уней лъапсэхэм щызэрахьэ- хэм гектар 360-рэ яIыгъщ. Дэ а бжыгъэхэм нэхъри хэдгъэхъуэну ди мурадщ, илъэс хъурейм цIыхухэм хадэхэкIыр ягъуэтын папщIэ», — жиIащ министрым.
ПсынщIэу къызыпыкIэ жыг хадэхэм щеплъым Къаздэхъу Альберт къыхигъэщхьэхукIащ: «Жыг хадэхэм зедгъэубгъун папщIэ дэ Iэмал псори диIэщ: республикэм бетон пкъохэр щагъэж, пластик ашыкхэр щащI предприятэхэр къыщызэIуахащ, хэтсэну жыгыщIэхэр ди питомникхэм щыдогъэкI, зыхуэфащэ IэщIагъэ зиIэхэр агротехнопаркхэм щыдогъаджэ».
Министрым апхуэдэу жиIащ Iэщ гъэхъуным, ерыскъыхэкIхэр къыщIэзыгъэкI промышленностым, сырьем елэжь промышленностым зегъэужьыным я лъэныкъуэкIи ехъулIэныгъэ пыухыкIахэр зэрыщыIэр: «Республикэм и мэкъумэшыщIэхэр «Росагролизингым» лъэныкъуэ куэдкIэ пыщIащ, лизингкIэ техникэр, Iэмэпсымэхэр, Iэщ къащэху. Шэч къытесхьэркъым ди зэпыщIэныгъэхэр нэхъри дяпэкIэ зэрефIэкIуэнум, нэхъ быдэ зэрыхъунум».
Дызэрыт илъэсым ди республикэм и мэкъумэшыщIэхэм псори зэхэту лизингкIэ сом мелуани 120-м нэблагъэ и уасэ техникэ къащэхунущи, нобэм ирихьэлIэу абы щыщу техникэ зэмылIэужьыгъуэу псори зэхэту сом мелуан 80 зи уасэ къаIэрыхьащ.
«Росагролизингым» и Iэтащхьэм илъэгъуа псори хуабжьу игу ирихьащ икIи зэIущIэм и кIэухым жиIащ: «Сэ си щхьэкIэ нэрылъагъу къысщыхъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и агропромышленнэ комплексыр зыужьыныгъэм и инновацэ гъуэгум зэрытетыр, дяпэкIэ нэхъри зэрызиужьынур. Абы къыхэкIыу ди корпорацэр адэкIи егугъунущ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и мэкъумэшыщIэхэм нэхъ зыубгъуауэ зэрадэлэжьэнум. Фи щIыналъэм и щытыкIэр икъукIэ тэмэмщ, фызыхуеину лэжьакIуэхэр фиIэщ. ЩэхуакIуэхэм экологие и лъэныкъуэкIэ дагъуэншэу къэплъытэн ерыскъыпхъэхэр яхурикъуркъым. Мис апхуэдэ продукцэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщалэжь».
КъБР-м и Iэтащхьэмрэ
Правительствэмрэ
я пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29297.txt"
} |
Депутатхэр Iуащхьэмахуэ дэкIащ
КъБР-м и Совет Нэхъыщхьэр илъэс 75-рэ, КъБР-м и Парламентыр илъэс 20 зэрырикъуам и щIыхькIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и депутатхэр Iуащхьэмахуэ дэкIащ. Гупым я пашэу щытащ Спортымрэ туризмэмкIэ комитетым и унафэщI Суммаев Ахъмэт. Европэм щынэхъ лъагэ дыдэ щыгум нэсыфащ депутат Жанатаев Сэлим, КъБР-м и Парламентым и деж щыIэ ЩIалэгъуалэ палатэм хэтхэу Гузоев Исмэхьил, Дзыгъулэ Ибрэхьим, апхуэдэу «КъБР-м и ухуакIуэхэм я зэгухьэныгъэм» и генеральнэ директор Щыхъэлы Эдуард, КъБР-м и прокуратурэм щылажьэ Башиев Расул, Мамыщ Аслъэн сымэ.
КъБР-м и Парламентым и Аппаратым и лэжьакIуэхэу Шыгъушэ Заур, Ахъуэхъу Азэмэт, Бекъалды Мухьэмэд сымэ километритху хъу лъагапIэм нэс дэкIри «Урысейм и альпинист» дамыгъэр къахьащ. Жанатаев Сэлимрэ Щыхъэлы Эдуардрэ альпинизмэмкIэ инструкторым и мардэр, Суммаев Ахъмэт инструктор-гъэсакIуэм и мардэр ягъэзэщIащ.
Парламентархэм Iуащхьэмахуэ и щыгум дахащ УФ-м и Президент Путин Владимир, КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен, КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Чеченов Ануар сымэ я сурэтхэр.
Iуащхьэмахуэ дэкIахэм апхуэдэу къалъытащ Европэм и щыгу нэхъ лъагэ дыдэр «Урысей 10» зэпеуэм зэрыхэтри икIи мы лэжьыгъэмкIэ а Iуэхур даIы- гъащ.
КъБР-м и Парламентым
и пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29302.txt"
} |
Iэпщэ Александр и цIэр зэрехьэ
Налшык и Сабий стадионым махуитхукIэ щекIуэкIащ спортым и мастер, СССР-м и чемпион Iэпщэ Александр и фэеплъу футболымкIэ ныбжьыщIэхэм я зэпеуэ. Абы кърихьэлIащ Iэпщэ лъэпкъым я тхьэмадэ Хьэсэн, футболым и ветеран Исаев Сергей, Белгъэрокъуэ Хьэжсет, КъБР-м физическэ щэнхабзэмрэ спортымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Пономарёв Сергей, Олимп чемпион Къардэн Мурат, Iэпщэ Александр ипхъу ФатIимэ, и къуэ Ладин, и къуэрылъху Александр сымэ.
Зэпеуэм бжьыпэр щаубыдащ Мэхъэчкъалэ и «Ас-салам» гупым. Владикавказ и «Аланиер» етIуанэ хъуащ. Налшык и «Спартак» командэм жэз медалыр къыIэрыхьащ.
Гъуащхьэтет нэхъыфI хъуащ КъБР-м и «Эльбрус» командэм щыджэгуа Чехрадзе Мераб. Гъуащхьэхъумэ нэхъ лъэрызехьэу къалъытащ Налшык и «Спартакым» щыщ ДыщэкI Инал. Гъуащхьэхъумэныкъуэ нэхъыфIыр «Каспийск» командэм хэт Алимагомедов Тимурщ. Гъуащхьауэ нэхъ Iэзэу къыщIэкIащ «Спартакым» щы-джэгуа Боттаев Изруди. Саугъэт щхьэхуэ иратащ топ-джэгум еплъахэр зытхьэкъуа «Каспийск» командэм щыщ Джапаров Магомед-салам. Турнирым футболист нэхъыфI щыхъуащ «Алания» командэм щыщ Хуболов Владимир. Зэхьэзэхуэм и тренер нэхъ лъэщу къалъытащ Мэхъэчкъалэ къикIа гупым я гъэсакIуэ Уцимиев Ильяс. Абы и саугъэтыр Iэпщэ Александр и унагъуэм игъэуващ.
Урысейм спортымкIэ и мастер, КъБР-м физическэ щэнхабзэмрэ спортымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Бахъсэн и «Эталон» командэм и тренер нэхъыщхьэ Тут Анатолэ ехъулIэныгъэ зыIэрызыгъэхьа командэхэм топхэр тыгъэ яхуищIащ. Турнирым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым футболист нэхъыфIхэм папщIэ саугъэт щхьэхуэхэр игъэуващ.
Къызэхуэсахэм лъэпкъым къабгъэдэкIыу захуигъэзащ Iэпщэ Хьэсэн:
— Зэпеуэм хэта топджэгу ныбжьыщIэхэм сынывохъуэхъу футболым ехъулIэныгъэ лъагэхэр фыщиIэну, чемпион фыхъуну, спортым фи цIэр фIыкIэ щыIуну. ЕтIанэгъэ екIуэкIынуми фыхэтмэ си гуапэщ.
НафIэдз Заремэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29307.txt"
} |
Дыщэ «уэшх»
Урысейм и щIалэгъуалэм я махуэм ирихьэлIэу боксымкIэ ныбжьыщIэхэм я зэхьэзэхуэ Псыхуабэ щекIуэкIащ. Абы хэтащ Ставрополь крайм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Шэшэным, Къэрэшей-Шэрджэсым щыщ спортсмени 150-м щIигъу.
МахуитIкIэ спортсменхэм я зэфIэкI щагъэлъэгъуащ я ныбжь елъытауэ тIууэ зэщхьэщыкI зэпеуэхэм. Абы Бабугент и «Бастион» спорт клубым и щIыхьыр щахъумащ Шэрэдж куейм щыIэ Сабий-ныбжьыщIэ спорт школым и боксёри 9-м. ЩIалэхэм зэфIэкI телъыджэ къагъэлъэгъуащ икIи дыщэ медалу 8 зыIэрагъэхьащ.
1997-1998 гъэхэм къалъхуахэм къахэжаныкIащ Хуболов Расул, Бозиев Хьэрун, Асанов Асхьэт, Туменов Казим, Туменов Бийберт, Гадиев Мухьэмэт сымэ. 1995 -1996 гъэхэм къалъхуахэм я деж бжьыпэр щаубыдащ Бозиев Ислъамрэ Акулов Алимрэ.
Шэрэдж муниципальнэ куейм и щIыпIэ
администрацэм и
пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29310.txt"
} |
Гукъыдэж зиIэхэр
Бадзэуэгъуэм и 4-14-хэм Шэрэдж куейм и Ак-Кая щIыпIэм Урысей Федерацэм альпинизмэмкIэ и чемпионат щекIуэкIынущ.
«Спринт» мардэм тету къалэ зэмылIэужьыгъуэхэм къикIа гупхэм я зэфIэкI щагъэлъэгъуэн хуейщ 5Б гугъуагъ зиIэ маршрут пщыкIузым.
Зэхьэзэхуэм хэтыну гукъыдэж зэраIэмкIэ тхыгъэ къагъэхьащ Москва, Санкт-Петербург, Томск къалэхэм, Иркутск, Свердлов, Челябинск, Воронеж, Ростов областхэм, Красноярск, Ставрополь крайхэм, Бурятие республикэм.
«Безенги» альпинист базэм и унафэщI Анаев Алий зэрыжиIэмкIэ, зэхьэзэхуэр бадзэуэгъуэм и 4-м Ак-Кая бгым и лъапэм къыщызэIуахынущ.
Бадзэуэгъуэм и 6-м гупхэр маршрутхэм техьэнущ икIи бадзэуэгъуэм и 13-м сыхьэт 15-м къекIуэлIэжынущ.
Зэхьэзэхуэр «Безенги» лагерым щызэхуащIыжынущ. ЕхъулIэныгъэ зыIэрызыгъэхьэхэм щIыхь тхылъхэр иратынущ.
Чабдаров Мурат.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29314.txt"
} |
КIыщ Ахьмэд и зэфIэкI лъагэ
Къэжэным и олимп махуэм ирихьэлIэу Налшык щекIуэкIащ республикэ марафон. Абы хэтащ коляскэкIэ къэзыкIухь, илъэсий фIэкIа мыхъу КIыщ Ахьмэд. Спортсмен ныбжьыщIэм шабзэкIэ уэнымрэ атлетикэ псынщIэмрэ зыхуигъэсэн зэрыщIидзэрэ мазитI хъууэ аращ. Абы и тренер-егъэджакIуэ Кулюшин Александр зэрыжиIэмкIэ, и гъэсэныщIэм куэд зригъэхъулIэну гугъэ уегъэщI.
Псоми щIэдзапIэ хуэхъуащ нэхъ тыншу гъащIэм хигъэсыхьын мурадкIэ Кулюшин Александр сабий ныкъуэдыкъуэхэм ядэлэжьэну гукъыдэж зэрищIар. Апхуэдэу, тренерым зригъэцIыхуащ и ныбжьым емылъытауэ губзыгъэ, гурыхуэ щIалэр. Ахьмэд Налшык дэт курыт еджапIэхэм ящыщ зым «тху» защIэкIэ щоджэ.
«Сабийм шыIэныгъэ телъыджэ хэлъщ, Iуэхум гукъыдэж хуиIэщ. Дэ зыщыдогъасэ «Спартак» стадионым. Зыгъэсэныгъэм хохьэ массажыр, жыджэрагъыр зэрыхагъахъуэ, хуэр зэрызэщIагъаплъэ упражненэхэр, шабзэкIэ уэныр, атлетикэ псынщIэр. Абы турникым тхуэ зыщеIэт, фIы дыдэу мабжэ, гушыIэ дахэ хэлъщ, гурыхуэщ», — жеIэ гъэсакIуэм. Дохутырхэм гугъэ яIэщ физическэ щэнхабзэм дихьэх сабийм и лъэр къыщIэувэжыну.
КъБР-м и Iэтащхьэмрэ и Правительствэмрэ
я пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29316.txt"
} |
Къанокъуэм и саугъэт
Бадзэуэгъуэм и 5-7-хэм Нарткъалэ щекIуэкIынущ картингымкIэ чемпионат зэIухарэ КъБР-м пашэныгъэ къыщыхьынымкIэ зэхьэзэхуэрэ. Спортсменхэр щIэбэнынущ республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен и саугъэтым.
Зэхьэзэхуэм хэтынущ Урысей Ипщэм и гуп 20-м щIигъу, Iуащхьэмахуэ, Бахъсэн щIыналъэхэм, Налшык, Нарткъалэ я картингистхэр. Чемпионатым хиубыдэу «Эльбрус» картодромыр бадзэуэгъуэм и 7-м сыхьэт 11-м къызэIуахынущ.
Спортсменхэм нэмыщI, абы кърихьэлIэнущ ди республикэм и Правительствэм хэтхэр, Москва къикIынущ Урысейм и Автомобиль федерацэм картингымкIэ и академием и унафэщI Скрыль Василий, картингымкIэ РАФ-м и академием и лэжьакIуэ Белиновский Евгений сымэ.
Сокъур Риммэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29318.txt"
} |
Аргуэру 115-нэ шуудзэм теухуауэ
Ростов областым и Мартыновскэ куейм щекIуэкIащ 115-нэ кавказ шууей дивизэм и зауэлIхэм ящыщу зи хьэдэр къагъуэтыжахэр щIэлъхьэжыным пыщIа дауэдапщэхэр.
ЛIыхъужьхэм я къупщхьэхэмрэ абыхэм якIэрылъа Iэщэ-фащэхэмрэ накъыгъэм и 14-м къагъуэтыжащ «Зауэ гъунапкъэхэр» клубым хэтхэм.
Новониколаевкэ къутырым дэт къуэшыкхъэм и деж щызэхуэсат районым щыIэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, нэхъыжьхэр, щIалэгъуалэр.
«Зауэ гъунапкъэхэр» къэлъыхъуакIуэ клубым и унафэщI Мартынов Александр зэрыжиIэмкIэ, къуэшыкхъэм 115-нэ шуудзэм хэта зауэлIхэм я закъуэщ щыщIалъхьэр.
— Ди жагъуэ зэрыхъунщи, зауэлIхэм я гъусэу къэдгъуэтыж тхылъхэм ярытыр IупщIу къытхуихыркъым, ауэ абыхэм якIэрылъ Iэщэ-фащэхэм гурыIуэгъуэ къыпщащI ахэр зейр зи цIэр тхыдэм хэмыкIуэдэжын Кавказ шуудзэм хэта лIыхъужьхэр зэрыарар, — жеIэр Мартынов Александр.
«Зауэ гъунапкъэхэр» гупыр зэрылажьэрэ илъэси 10-м щIегъу. БлэкIа пIалъэм къриубыдэу, абы хэтхэм наIуэ къащIыжащ Хэку зауэшхуэм хэкIуэда зауэлI куэдым я цIэ-унэцIэхэр.
ИщхьэкIэ зи гугъу тщIа клубым хэтхэм къищынэмыщIа, Сальск губгъуэхэм зи гъащIэр щызыта хэкулIхэм къащIэна къупщхьэхэр къэгъуэтыжынымрэ ахэр зейуэ щытахэр зэхэгъэкIынымрэ пыщIа лэжьыгъэ мытыншым жы-джэру хэтщ Мартыновскэ куейм и еджакIуэ цIыкIухэри. ЛъыхъуакIуэхэм ирагъэкIуэкI лэжьыгъэм пыщIа тхылъхэр ныбжьыщIэхэм зыхуей хуагъазэ. КъищынэмыщIауэ, езыхэмрэ зауэм хэкIуэдахэм я Iыхьлыхэмрэ зэхуотхэ.
ПЩЫГЪУЭШ Iэсият.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29320.txt"
} |
Дэрэжэгъуэм хуопабгъэ
Гъэмахуэр псэм зезыгъэпсэху, гур зыгъэушэ зэманщ. Псом хуэмыдэу абы поплъэ сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ. Гъэ еджэгъуэр тыншу езыхьэкIахэри нэхъ къызэгугъуэкIахэри зэхуэдэу зэрохь зыгъэпсэхупIэ лагерхэм, санаторэхэм. БлэкIа мэремым «Налшык» и курорт IуэхущIапIэм «Кхъужьей хадэ» санаторэм къыщызэIуихащ сабийхэм зыщагъэп-сэху я гъэмахуэ лъэхъэнэр.
Къаскъул Владимир зыгъэпсэхугъуэ зэманымкIэ сабийхэм йохъуэхъу.
ГуфIэгъуэ зэхыхьэм хэта ныбжьыщIэхэр.
«Горный родник», «Грушевая роща», «Дружба», «Терек», «Маяк», «Нарзан», «Лебедь», «Эльбрус», Къалмыкъ БетIал и цIэр зезыхьэ санаторэхэм зыщагъэпсэху икIи я узыншагъэм щыкIэлъагъэплъ Къэбэрдей-Балъкъэрым исхэм я мызакъуэу, Ингушым, Осетие Ищхъэрэ-Аланием, Дагъыстэным, Къалмыкъым къикI цIыкIухэми. ГуфIэгъуэ махуэм ахэр я уэрэдхэмрэ къафэхэмкIэ ягъэгушхуащ Музыкэ театрым и артистхэу ХьэхъупащIэ Амырхъан, Кърым Иринэ, Мамбэт Мадинэ, Гергокаевэ Хьэлимэт сымэ, нэгъуэщIхэми.
«Налшык» и курорт IуэхущIапIэм и унафэщI Къаскъул Владимир зэрыжиIэмкIэ, иужьрей илъэситхум зыгъэпсэхупIэхэм фIыуэ заужьащ, узыншагъэ и лъэныкъуэкIи сабийхэм хъарзынэу якIэлъоплъ. ЦIыкIухэр щэнхабзэм, гъуазджэм я лэжьакIуэ пажэхэм IуагъащIэ, зыплъыхьакIуэ ди щIыпIэ дахэхэм яшэ, зоопаркым ис псэущхьэхэр ирагъэлъагъу. Ауэ, ныбжьыщIэхэм псом нэхърэ нэхъ яфIэфIыр илъэс къэс санаторэхэм спорт лIэужьыгъуиблымкIэ къыщызэрагъэпэщ зэхьэзэхуэхэм хэтынырщ.
КъБР-м и профсоюзхэм я федерацэм и лIыкIуэ Вэрокъуэ Ларисэ псалъэ гуапэхэмкIэ захуигъэзащ сабийхэм. «Къыфхуэмыгъэсу фызыпэплъэ гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэхэр къызэрихьамкIэ дынывохъуэхъу, цIыкIухэ. Фыузыншэну, фынэжэгужэну ди гуапэщ. Фэращ ди къэкIуэнур зыхуэдэнур зэлъытари, Тхьэм фригъэфIакIуэ», — жиIащ абы.
Хабзэ дахэ зэрыхъуауэ, цIыкIухэм шархэр драгъэлъэтеящ, Къаскъул Владимир сабийхэр зэрыджэгуну хьэпшыпхэр санаторэхэм яритащ.
БАГЪЭТЫР Луизэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29322.txt"
} |
ЩIэныгъэм и пащтыхь
Дэтхэнэ зы цIыхуми и гъащIэм лъагапIэ гуэр щиIэщ. Языныкъуэхэр а лъагапIэм докIри, абыкIэ арэзы хъуауэ къызэтоувыIэ. Адрейхэр зым нэсами, къыкIэлъыкIуэми ерыщу хуэпабгъэу хуокIуэ. Апхуэдэхэр зыпэрыт Iуэхум дихьэхахэрщ, зи къарум къигъэгугъэхэрщ. ЕтIуанэхэм ящыщщ Къэбардэ МуIэед. И ныбжькIэ илъэс 30 фIэкIа мыхъуами, ар щIэныгъэхэм я докторщ, Финляндием и Ювяскюля къалэм дэт университетым щрегъаджэ.
Ислъэмей къуажэм щыпсэу Къэбардэхэ Мусэрэ Мариерэ я бынхэм я нэхъыщIэщ МуIэед. И адэр и щапхъэу, ар зэрыцIыкIу лъандэрэ математикэм дихьэхыу къэхъуащ. Есэп щIынымрэ езы бжыгъэхэмрэ фIэгъэщIэгъуэнти, абыхэм ехьэлIа къэхутэныгъэ цIыкIухэр сыт щыгъуи иригъэкIуэкIырт езыр-езыру. Псалъэм папщIэ, къилъытэну хуейт я къуажэм къыщыщIэдзауэ Налшык нэс лъэбакъуэ дапщэ дэлъми, уэшх къешхыр ткIуэпс дапщэ хъуми.
Нэхъ къыдэкIуэтея иужькIэ МуIэед и адэм дэгуэшащ есэпым пыщIа и гупсысэмкIэ: «ПщIэрэ, папэ, математикэр — телъыджэ гуэрщ! Псалъэм папщIэ, си нэр зэтепIауэ, гукIэ сыт хуэдэ есэпри схуэщIынущ, щэ бжыгъэхэр зэхэслъхьэфынущ, схуэгуэшынущ…»
А илъэсхэрами, хэт ищIэн, МуIэед математикэ «узыр» къыщеуэлIар?
Къэбардэ МуIэед къуажэ школыр «тху» защIэкIэ къиухащ, къыпэлъэщ щымыIэу. ЩIалэр математикэм нэхъ зэрыдихьэхыр ящIэрти, сыт щыгъуи олимпиадэхэм ягъакIуэрт, япэ увыпIэхэри къыщихьырт. «Уэ математикэмкIэ лъэкIыныгъэшхуэ уиIэщи, щIэныгъэшхуэ зэбгъэгъуэтыфынущ. ЩIэтIысхьэ ди университетым и физико-математикэ факультетым — ухущIегъуэжынукъым», — апхуэдэ чэнджэщхэр къритырт абы и егъэджакIуэм. МуIэеди нэгъуэщI хъуэпсапIэ иIэтэкъым: и псэм хэпщIа математикэм нэхъ куууэ хуеджэнырт ар зыхуэпабгъэр.
Гугъу емыхьу зыIэригъэхьащ Къэбардэм и хъуэпсапIэр: ар хъуащ КъБКъУ-м и физико-математикэ факультетым и еджакIуэ. Студент илъэсхэр щызу, купщIафIэу ирихьэкIащ МуIэед. Лекцэхэмрэ семинархэмрэ къащыдэхуэм, ар библиотекэм щIэст, къиугъуей дэтхэнэ щIэныгъэми гухэхъуэ къриту. А илъэсхэм абы зригъэцIыхуащ ди лъэпкъ щIэныгъэлI цIэрыIуэхэу Нэхущ Iэдэм, Абрэдж Мышэ, Иуан Пётр сымэ. МуIэед зэрыжиIэмкIэ, ахэращ абы дэIэпыкъуэгъушхуэ къыхуэхъуар и гурылъ лъагэхэм ялъэIэсынымкIэ. ЩIэныгъэм хуэнэхъуеиншэ щIалэм мурад ищIат и зэфIэкIхэм аспирантурэм щыхигъэхъуэну. Ар и адэ-анэм щажриIэм, абыхэми даIыгъащ я къуэм и хъуэпсапIэр.
— Уи мурадыр зэгъэхъулIэ, узыхуей псоми зэуэ унэмысыфми, укъимыкIуэт, еджэ, — жиIащ адэм. — Дэ тлъэкIымкIэ дыбдэIэпыкъунщ.
Апхуэдэу МуIэед щIэтIысхьащ Санкт-Петербург дэт университетым и аспирантурэм. Куэд дэмыкIыу МуIэед и япэ щIэныгъэ лэжьыгъэхэр къытехуэу щIадзащ журнал зэмылIэужьыгъуэхэм. Абыхэм гу лъамытэуи къэнакъым еджагъэшхуэхэм. Ар ирагъэблагъэу хуежьащ Москва дэт къэрал университетым физикэмрэ математикэмкIэ щрагъэкIуэкI щIэныгъэ конференцхэм. Апхуэдэ лэжьыгъэхэм хуэжыджэр Къэбардэм и къэхутэныгъэхэр треухуэ иджыри нэсу джа мыхъуа есэп унэтIыныгъэхэм. Еджагъэшхуэ Авиценнэ зэрыжиIауэ, МуIэед и лэжьыгъэр ещхьт «мастэкIэ кумб къэптIым».
Дауи, гугъуу щытащ а лъэхъэнэр Къэбардэм и дежкIэ, арщхьэкIэ, зэман куэд тригъэкIуэдами, абы иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм упщIэ куэдым жэуап иратащ. МуIэед утыку кърихьа и щIэныгъэ лэжьыгъэм пщIэшхуэ игъуэтащ. Ар ехъулIэныгъэкIэ пхигъэкIри, абы къыфIащащ физико-математикэ щIэныгъэхэм я кандидат цIэр. Абдежым къыщынакъым адыгэ щIалэщIэм къыхуащIа пщIэр. Санкт-Петербург университетым и ректор Кропачев Николай и чэнджэщкIэ еджагъэшхуэ къыхэкIыну гугъэ уэзыгъэщI Къэбардэр ягъэкIуащ Финляндием, и щIэныгъэм адэкIи хигъэхъуэну.
— Абы ущеджэныр пщIэшхуэщ, къищынэмыщIауэ, къалэнышхуэ пщэрылъ къыпщызыщI Iуэхугъуэщ, — къыжраIащ еджапIэм и унафэщIхэм щIалэм. — ДыкъыумыгъэукIытэу фIыуэ лажьэ, уи доктор диссертацэри гъэхьэзыр.
Инджылызыбзэр умыщIэу хамэ къэрал укIуакIэ зы щIэныгъэ лэжьыгъи пхузэфIэкIынукъым, арати, зэман кIэщIым къриубыдэу щIалэ гурыхуэм къигъэIурыщIащ а бзэр. Илъэсищым нэблагъэкIэ абы щылэжьауэ, Къэбардэм хьэзыр ищIащ и щIэныгъэ лэжьыгъэшхуэр. Хэт ищIэнт Ислъэмей къуажэм щыщ щIалэм, зи ныбжьыр илъэс 30 фIэкIа мыхъуам, и доктор диссертацэр пщIэшхуэ иIэу хамэ къэрал еджапIэ нэхъыщхьэм ехъулIэныгъэкIэ щыпхигъэкIыфыну?! ЩIэныгъэ советым и зэхуэсым кърихьэлIа профессорхэм, корреспондентхэм, хамэ къэрал еджагъэшхуэхэм хуабжьу гъэщIэгъуэн ящыхъуат щIэныгъэлI ныбжьыщIэм къыкъуэкIа зэфIэкI лъагэр, зэман кIэщIым къриубыдэу щIалэщIэм зыIэригъэхьэфа ехъулIэныгъэ инхэр. ИкIи псоми Къэбардэм и лэжьыгъэр фIы дыдэу къалъытащ. Апхуэдэу Къэбардэр хъуащ щIэныгъэхэм я доктор.
Иджы ар студентхэм, аспирантхэм, егъэджакIуэхэм я чэнджэщэгъущ, еджагъэшхуэхэм я щIэныгъэ конференцхэм ирагъэблагъэ. Абы и унафэм щIэту кандидат диссертацэхэр ягъэхьэзыр. Хамэ къэралым и лъэр щигъэбыдами, ар гукIи псэкIи пыщIащ щалъхуа и щIыналъэм, и къэралым. Куэдрэ къыхуимыхуэми, ар къокIуэж и лъахэм, къэзылъхуахэр, къыдалъхуахэр илъагъуну, и щIыпIэ щIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэр иджыри зэ зыхищIэну хуейуэ. Абы и гупсысэхэр лъагэщ, Iуащхьэмахуэ хуэдэу, уэрщ, мыжэщIыжщ, къарууфIэщ, Бахъсэныпсым ещхьу.
ИпэкIэ плъэ, мурадыщIэхэр зи куэд щIалэщ Къэбардэ МуIэед. Къуажэдэсхэм ди напщIэ телъщ, дрогушхуэ абы икIи ди гуапэщ и мурадыфIхэр къехъулIэну, щIэныгъэм и лъагапIэщIэхэм нэсыну.
КЪАРДЭН Мухьэмэд.
Ислъэмей къуажэ
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29326.txt"
} |
Япэ лъэбакъуэ
Лэскэн куейм щагъэлъэпIащ курыт школыр ехъулIэныгъэфIхэр яIэу мы гъэм къэзыуха ныбжьыщIэ гуп. Куей администрацэм и пресс-IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ ГуIэтыж Залинэ хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, абы теухуа гуфIэгъуэ зэIущIэ щIыпIэм къыщызэрагъэпэщащ.
ЩIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Кебеков Валерэ, щIыпIэ самоуправленэмкIэ советым и унафэщI ХъутIэжь Заудин, егъэджэныгъэмкIэ куей IэнатIэм и пашэ АфIэунэ Зариет, Аргудан, Анзорей, Хьэтуей къуажэхэм я унафэщIхэр зыхэта гуфIэгъуэ зэхуэсым кърагъэблэгъат еджэныгъэм ехъулIэныгъэфIхэр щызыIэрызыгъэхьа, курыт школыр дыщэ, дыжьын медалхэмкIэ къэзыуха ныбжьыщIэхэр.
— Нобэ фэ, ныбжьыщIэхэ, балигъ гъащIэм фыхобакъуэ, — жиIащ Кебеков Валерэ. — Сигуми си псэми къабгъэдэкIыу сынывохъуэхъу фызытеувэ лъагъуэр гъащIэм и гъуэгу бгъуфIэу къыфхущIэкIыну, фи мурадхэр къывэхъулIэу, щIэныгъэрэ IэщIагъэрэ зэвгъэгъуэтауэ фыщалъхуа Хэку цIыкIум — Лэскэн щIыналъэм — и ехъулIэныгъэм фи къару ефхьэлIэу фыпсэуну. Насыпрэ узыншагъэрэ, гукъыдэжрэ дэрэжэгъуэрэ фыщымыщIэну, ди къэкIуэнур куэдкIэ зэлъыта зи щIалэгъуэхэ!
Еджэным щызыIэрагъэхьа ехъулIэныгъэхэм папщIэ, Лэскэн куейм щыщхэу ЛIыхъугу Аринэ, Инал Заремэ, Шорэ Линэ, Жэмбей Марианнэ, Мэкъуауэ Алинэ, Блий Каринэ (Урыху къуажэм дэт курыт школ №1), Iэрэмысэ Тимур, ХъутIэжь Динарэ (Аргудан къуажэм дэт курыт школ №3) сымэ дыщэ медалхэр хуагъэфэщащ. Дыжьын медалхэр иратащ Тэрчокъуэ Iэминат (Хьэтуей къуажэм дэт курыт школ), Апекъуэ Руслан, Болжэт Лианэ (Анзорей къуажэм дэт курыт школ).
ТАМБИЙ Линэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29329.txt"
} |
Subsets and Splits
No community queries yet
The top public SQL queries from the community will appear here once available.