text
stringlengths 11
353k
| meta
dict |
---|---|
Аргуэру хэщIыныгъэ
Республикэ сымаджэщым полицэм и сержант Къуэн Аслъэн зыкъимыщIэжу и псэр щыхэкIащ.
Бадзэуэгъуэм и 13-м къалэныр езыхьэкI полицэм и лэжьакIуищым шэч зыхуащIа цIыхуищ я дэфтэрхэр къапщытэн мурадкIэ Налшык къалэ къыщагъэувыIащ. Иужьрейхэр хабзэхъумэхэм къахэуэу щIадзащ. А махуэ дыдэм хэкIуэдащ полицэм и прапорщик Верещагин Дмитрий. Полицэм и сержант Къуэн Аслъэнрэ и ныбжьэгъумрэ уIэгъэ хъуащ. Дохутырхэр абыхэм я гъащIэм ерыщу щIэбэнащ.
КъБР-м щыIэ МВД-м полицэм и плъыр-пост къулыкъум и батальон щхьэхуэм и 1-нэ ротэм и 2-нэ взводым хэт, полицэм и сержант Къуэн Аслъэн Зулымбэч и къуэр 1980 гъэм фокIадэм и 29-м къалъхуащ. Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэм 2010 гъэм лэжьэн щыщIидзащ, иужьрей къулыкъур 2012 гъэм и щIышылэм щыщIэдзауэ ирихьэкIырт. Абы сабий цIыкIуитI къыщIэнащ. Къуэн Аслъэн гугъуехьым зыпыIуидзыртэкъым, шынэ зымыщIэт.
КъБР-м щыIэ МВД-м полицэм и плъыр-пост къулыкъум и батальон щхьэхуэм и 1-нэ ротэм и 2-нэ взводым и къудамэм и унафэщI полицэм и прапорщик Верещагин Дмитрий Владимир и къуэр 1981 гъэм мэкъуауэгъуэм и 7-м къалъхуащ. Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэм 2007 гъэм лэжьэн щыщIидзащ, иужьрей къулыкъур 2012 гъэм и щIышылэм щыщIэдзауэ ирихьэкIырт.
Верещагинымрэ Къуэнымрэ Налшык къалэрэ Плановскэ къуажэмрэ щыщIалъхьащ.
Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ
министерствэу
КъБР-м щыIэм и пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29716.txt"
} |
КъБР-м ЦIыхубэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министерствэр, ЩэнхабзэмкIэ и министерствэр, Журналистхэм я союзыр, ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэр, «Адыгэ псалъэ», «Кабардино-Балкарская правда», «Заман», «Советская молодежь», «Горянка» газетхэм, «Iуащхьэмахуэ», «Нур» журналхэм, «Къэбэрдей-Балъкъэр» ВТК-м я лэжьакIуэхэр Джэдгъэф Хъусен Зырамыку и къуэм хуогузавэ абы и щхьэгъусэ Куп Зое зэрылIам къыхэкIыу.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29718.txt"
} |
Бзэ Хасэ зэхашэ
Налшык дэт бизнесымкIэ институтым и пэш хуитышхуэм зэман гуэр и пэкIэ щызэхэтащ зэIущIэ щхьэпэ. Ар Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым и щIэныгъэ лэжьакIуэ Табыщ Мурат зи пашэ гупым къызэрагъэпэща Бзэ Хасэм и япэ зэхыхьэрт. ЗэIущIэм кърагъэблэгъат къэрал IуэхущIапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм, министерствэхэм я лэжьакIуэхэр, адыгэбзэр сабий садхэм, школхэм, еджапIэ нэхъыщхьэхэм щезыгъэджхэр. Бзэ Хасэм и зэхэублэ зэIущIэм къыщыпсэлъахэм утыку кърахьа Iуэхугъуэхэр теухуат ди зэманым адыгэбзэмрэ ар зэрырагъэджымрэ дэхуэха зэрыхъуам, анэдэлъхубзэр хъума хъун папщIэ лэжьыпхъэхэм, а Iуэхугъуэхэм теухуауэ Бзэ Хасэм и пщэ дилъхьэж къалэнхэм, нэгъуэщIхэми. Хасащхьэм хэт гупым щхьэхуэу сахуэзэжри сепсэлъэфащ адыгэбзэм ехьэлIауэ я гуныкъуэгъуэхэмрэ Iуэхум и щытыкIэм зегъэхъуэжынымкIэ я мурадхэмрэ теухуауэ.
Табыщ Мурат — Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым и щIэныгъэрылажьэ, Бзэ Хасэм и унафэщI:
— АдыгэбзэмкIэ егъэджакIуэхэм я Iуэху зытетыр зэдгъащIэу ар цIы- хухэм, къэралым ялъэдгъэIэсын мурадкIэ, цIыху гуп яужь дихьащ мы Хасэр зэхэтшэну. Хасэм ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр фIэтщащ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ХьэтIохъущокъуэ Къазийщ япэ дыдэу адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэ зыгъэхьэзырар, япэ дыдэу еджапIэ къызэIуахыу абыкIэ лэжьыгъэ зэтезублар. Абы нэгъуэщI IуэхуфIхэри илэжьащ, ауэ зэкIэ а псом кIыхьу дытепсэлъыхьынкъым.
ЕгъэджакIуэхэр зэхуэтшэсащ абыхэм я гукъеуэхэм дедаIуэу, адыгэбзэр зэрырагъэджыр зэрытхуегъэфIэкIуэну щIыкIэр, Iэмалхэр дубзыхун папщIэ. Мыбы бгъэдыхьэкIэ тэмэм къыхуэдмыгупсысу щытмэ, ди бзэм епхауэ Iуэху къиин куэд зэтрихьэнущ, иужькIэ пхузэтемыхыжынкIэ шынагъуэу.
Адыгэбзэр къэралыбзэу щыщыткIэ, абы хуэфэщэн сыхьэт бжыгъэ еджапIэм щаIын хуейщ. Дэ къыдгуроIуэ «федеральный компонент» жыхуэтIэм къызэщIиубыдэ дерсхэм ухэIэбэ мыхъуу зы бжыгъэ гуэрым тету къызэрыкIуэр. Апхуэдэу щыт пэтми, сыхьэт 36-м уфIэмыкIыу еджакIуэм иджын хуейуэ хуигъэбелджылым сыт хуэдэ IэмалкIэ дыбгъэдыхьэми, адыгэбзэм гулъытэ иIэу абы хэгъэувэн хуейщ. «СыхьэтиплIыр тхуэгъэнщIарэт», — жызыIаи щыIэщ. А сыхьэтиплIыр адыгэбзэм тебухуауэ улажьэмэ, уегъэджакIуэр пэжмэ, пхуэгъэнщIын щызогъэтри, «иджыри мыр дауэ яжесIа хъуну» жыпIэу зэманыр зэбгъэзахуэу щытыпхъэщ. Си щхьэкIэ къызолъытэ махуэ къэс зы сыхьэт адыгэбзэу егъэджын хуейуэ. Адыгэбзэм и сыхьэт бжыгъэр хэбгъахъуэ къудейкIэ хъуркъым. Адрей дерсхэм хуащI гулъытэм хуэдэ игъуэтын папщIэ, Зыуэ щыт къэрал экзаменхэм адыгэбзэри хамыгъэхьэныр Iэмалыншэщ. Абы къыдэкIуэуи лэжьыпхъэ куэд иджыри щыIэщ. Ди бзэм ехьэлIауэ дызыщIэхъуэпс щытыкIэм дыхуэкIуэн папщIэ, адыгэбзэр зэрадж тхылъхэр, дэIэпыкъуэгъу пособиехэр, къэхутэныгъэ-лэжьыгъэхэр, псалъалъэхэр, тхыдэм ехьэлIа хъыбархэр зэрыт тхылъхэр егъэджакIуэхэм яхуэгъэхьэзырын хуейщ.
Мы Iуэхур къетхьэжьэн и пэ къихуэу, псалъэмакъ куэд къызэрекIуэкIыр зэхэтхат. Ахэр нэхъыбэу зытеухуар адэ-анэм я деж куэд къыщынэу, абыхэм я арэзыныгъэ — мыарэзыныгъэ Iуэхум елъытакIэ сабийм адыгэбзэ ирагъэджу зэрыщытырщ. «Сэ си сабийм адыгэбзэр езгъэджу и оценкэхэр езгъэуцIэпIынукъым», — жиIэу а Iуэхум пэщIэувэхэр щыIэщ. Ауэ щыхъукIи, мэлищэ щIакъуэншэ хъуркъым жыхуаIэращ. Зэман гуэр щIауэ адыгэбзэр Iэмалыншэу яджу щытщ. «Сыт хуэдэ бгъэдыхьэкIэкIэ дыбгъэдыхьэн бзэм и егъэджэныгъэм?» — жысIэурэ куэдым сепсэлъащ. Ярэби, ди сабийхэм «бзэ къутэ — бзэ щIыж» жыпIэнум хуэдэу, ди адыгэ IуэрыIуатэр пэщIэдзэ еджапIэхэм къыщыщIэдзауэ ябгъэдэтлъхьэтэмэ, я акъылми нэхъ зиужьынтэкъэ, я жьабзэми нэхъри зиукъуэдиинтэкъэ, гупсысэу зыхуейр къаIуатэу тхуегъэсэнтэкъэ. Дэ ди гупым хэтщ ШэджыхьэщIэ Марие и структурнэ методикэм ипкъ иткIэ, тхылъ зыхэзыгъэува ХьэцIыкIу Рае. Мис а лэжьыгъэр, а бгъэдыхьэкIэхэр къигъэсэбэпурэ Рае щапхъэхэр щызэIуищэм щыгъуэ, нэхъыбэу тегъэщIапIэ ищIар адыгэ IуэрыIуатэращ. Аращи, дызэрегупсысымкIэ, ди IуэрыIуатэр егъэджэныгъэ программэхэм нэхъыбэу хэгъэхьэн хуейщ. Адыгэбзэр сабийм къемыхьэлъэкIыу нэхъ IэфI ящызыщIыну хэкIыпIэхэм ящыщ зыщ IуэрыIуатэр.
Школым зэрыщрагъаджэ тхылъхэр хъуакъым, жытIэу дыныкъуэкъуэну аракъым, ауэ нэгъуэщI егъэджэкIэ Iэмали зэрыщыIэр едгъэщIэну, а Iэмалыр дгъэнэIуэну дыхуейщ. Адрей предметхэмкIэ щэ ныкъуэ бжыгъэкIэ зэмыщхьхэу программэхэр, тхылъхэр щыIэщ. Школ щхьэхуэхэм, уеблэмэ езы егъэджакIуэхэм а программэхэм хэдэу нэхъ яфIэкъабылыр къыхахыну щыхуиткIэ, адыгэбзэмкIэ езыгъаджэм щхьэ а Iэмалыр иIэн хуэмейрэ?
Дэ къыдгуроIуэ зы Бзэ ХасэкIэ зэрыпхуэмыгъэкIуэтэнур мы къетхьэжьа Iуэхур. Ар акъыл зэхэдзэкIэрэ дызэгурыIуэу, зылI и бын хуэдэу дызэлэжьыпхъэщ, ди адэжь-анэжьхэм я бзэр зетхьэну дыхуеймэ.
Аброкъуэ Бэллэ — усакIуэ, радиожурналист:
— Мы Iуэхур къетхьэжьэн и пэ хасащхьэм хэт цIыхуийр тхьэмахуэм тIэуней дызэхуэсурэ ди къалэнхэм дытепсэлъыхьащ. Нэхъыбэу дызыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэм ящыщщ егъэджакIуэр утыку къиша, и пщIэр къэIэта зэрыхъунур. Бзэр хъумэным, абы зедгъэужьыным теухуауэ къэралым сыткIэ зыкъытщIигъэкъуэфыну, къэрал IуэхущIапIэ Iутхэм сыт къытхуащIэфыну? Бзэ Хасэ дыхъурэ утыку дыкъихьэмэ, егъэджакIуэ, гъэсакIуэхэм сыт яхуэтщIэфыну? Мис а упщIэхэмкIэ куэдым захуэдгъэзащ, зыкъызэрытщIагъэкъуэфынури нобэкIэ къыджаIащ, дагъэубзыхуащ. Къару зэдгъэуIуну яужь дызэрихьар къыддэзыIыгъахэм жаIэ: «Дэ сыт хуэдэу яужь димытами, дызыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэр ди щхьэ закъуэкIэ тхудэгъэкIакъым». Псалъэм папщIэ, университетым и лэжьакIуэхэм я гуныкъуэгъуэр зыщ, бзэ щIэныгъэлIхэм я гуныкъуэгъуэр щхьэхуэщ, педколледжри аращ. КъызэрыщIэкIамкIэ, дызыгъэпIейтейуэ щыIэр куэдыщэ мэхъу. Зэманыр кIуэтэхукIэ, бзэм и Iуэхур нэхъри дэдзыха мэхъу, дэри дызыхуэзышэсар аращ. Къэрал IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэми захуэдгъазэри, дэ ди пщэ дэтлъхьэжащ зыми дыщымыгугъыу тхузэфIэкIыну Iуэхухэр. Абы и лъэныкъуэкIэ лэжьыгъэ гуэрхэр дубзыхуауэ щыIэщ.
Бзэр зэбгъэщIэну сабийм абы и макъхэм и бзэр хуэкъутауэ щытын хуейщ. Урысыбзэри, нэгъуэщIыбзэхэри езыгъэджхэм яIэщ логопед IэщIагъэлIхэр. Абы мыхьэнэшхуэ иIэщ бзэр къэзыщIэу щIэзыдза сабийм удэIэпыкъунымкIэ. Сыту жыпIэмэ, сабийр и бзэм зэрыримыпсэлъэфым къыхэкIкIэ укIытэу щIедзэ. А укIытэр гужьгъэжьым хуокIуэж. ГъэсакIуэм, адэ-анэм Iэпэдэгъэлэл ящIрэ бзэр и чэзум кърамыгъэщтамэ, иужькIэ сабийм гузэрыдзэ ещIри, гуемыIу щыхъуу ар хьэл-щэнми хэпща мэхъу. Ар гуныкъуэгуэшхуэщи, абыи елэжьын хуейщ. Къалэдэс сабийхэм адыгэбзэр хамэ къэралыбзэм хуэдэу ирагъэджын хуейуэ къызолъытэ. Сыту жыпIэмэ, адэ-анэр къалэм къыщыхъуарэ адыгэбзэр яIурымылъу щытмэ, сабийм ар къыхуэщтэркъым. Языныкъуэ егъэджакIуэхэр апхуэдэ Iуэху еплъыкIэм къегъэуIэбжь, ауэ нобэ адэ-анэу щэ бжыгъэ къэувынущ абыкIэ арэзы хъууэ. Апхуэдэхэр зэребгъэджэн программэщIэ, тхылъ яхузэхэлъхьэн хуейщ. Абы къинэмыщIауэ, къуажэдэс, къалэдэс сабийхэм пэщIэдзэ классхэм грамматикэр зэрыщрагъэджыр зэхуэдэныр сфIэтэмэмкъым.
НобэкIэ дэ тщIэфынум елъытауэ, мы Бзэ Хасэм и сайт къызыдогъэпэщ. Абы къалэн куэд и пщэ делъхьэж, ауэ псом я пажэу къысщохъу адыгэбзэ зэрырагъэдж тхылъхэр компьютерым илъу, дэтхэнэ егъэджакIуэми сабийми дяпэкIэ къызэрыIэрыхьэнур. Тхыдэм ехьэлIауэ хъугъуэфIыгъуэу диIэхэри абы хуэныкъуэхэм компьютерым къыщагъуэтынущ Бзэ Хасэм и фIыгъэкIэ. Къыхэзгъэщыну сыхуейщ икIи фIыщIэ хуэсщIынут компьютерым ехьэлIа лэжьыгъэхэмкIэ икъукIэ дэIэпыкъуэгъу къытхуэхъуа, иджыри куэдкIэ дызыщыгугъ Хьэмдэхъу Анзор.
Иужьрей зэманым икъукIэ заужьащ хамэ къэрал щыпсэу адыгэхэмрэ Хэкужьым исхэмрэ яку дэлъ зэпыщIэныгъэхэм. Хэхэс адыгэхэм я пщIыхьи къыхэхуэркъым бзэм теухуауэ гуныкъуэгъуэ диIэу. Ахэр тхылъкIи егъэджакIуэкIи зыщыгугъыр дэращи, ди мурадщ дадэIэпыкъуну, тщIэнури убзыхуауэ диIэщ.
Бзэр зэрырагъэджым теухуауэ Iуэху еплъыкIэ зэхуэмыдэхэри щыIэщ. Пэжщ, сабийм адыгэбзэм гущыкI хуищIынуми, дихьэхыу иджынуми мыхьэнэшхуэ иIэщ егъэджакIуэм и Iэзагъым. Къапщтэмэ, иужьрей зэманым языныкъуэ егъэджакIуэхэм я гур иудауэ мэлажьэ, адыгэбзэм и Iуэхур дэхуэха зэрыхъуам къыхэкIыу. НэгъуэщI гупи щыIэщ егъэджэныгъэм Iэпэдэгъэлэлу, къыфIэмыIуэхуу хущыту, я лэжьыгъэми фIы дыдэу хамыщIыкIыу. ЕгъэджакIуэфIхэри щыIэщ. Мис ахэр утыку къишэн хуейщ. Абыхэм ятеухуауэ дэ зыгуэрхэр ди мурадщ, икIи дыщогугъ ахэр къыдэхъулIэну.
Къып Гупсэ — хьэрычэтыщIэ:
— Сэ хэкум сыкъызэрыкIуэжрэ илъэс 18 хъуащ. СыкъыщыкIуэжагъащIэм цIыхухэм я анэдэлъхубзэр къагъэсэбэпу зэрыщытамрэ иджыреймрэ зэплъытмэ, а щытыкIэм куэду зихъуэжащ. ЦIыхухэм я анэдэлъхубзэр нэхъ мащIэу къагъэсэбэп хъуащ. Къуажэдэсхэм ятеухуауэ зыри схужыIэнукъым, ауэ къалэдэсхэм ядэтлъагъуращи, я анэдэлъхубзэм нэхърэ нэхъыбэу урысыбзэр къагъэсэбэп. Ари къыдгуроIуэ — къэрал IуэхущIапIэхэм нэхъыщхьэу щызекIуэр урысыбзэращ. Ауэ адыгэхэр езыхэр зэрызэпсалъэ бзэр и нэхъыбэм урысыбзэращ. Сабийхэм бзэр зэраIурылъ щIыкIэм дыщытепсэлъыхькIэ, япэ идгъэщын хуейр адэ-анэращ. Нэхъыжьхэм я анэдэлъхубзэм пщIэ хуащIу, езыхэр щIэблэмкIэ щапхъэу щытын хуейщ, ди бзэр тIэщIэмыкIын папщIэ. Сэ, къапщтэмэ, хэкум къыщызгъэзэжым си гущхьэ къэкIыртэкъым мыпхуэдэ Iуэху къэтIэту дытепсэлъыхьыну. Мыбы бзэм теухуауэ гуныкъуэгъуэ щымыIэу къэслъытэрт. Хэкум щыIэ щытыкIэм нэхърэ нэхъ узыгъэпIейтейщ хэхэсхэм я деж къыщекIуэкIыр. Тыркум щыбгъуэтынукъым сабийр и анэдэлъхубзэкIэ псэлъэфу. ЩIалэгъуалэм псэлъэфу яхэтыр мащIэщ, бзэр къызыгурыIуэр нэхъыбэ хъуми.
Тыркум щыпсэу адыгэхэр япэхэм дыхуиттэкъым ди бзэкIэ дыпсэлъэну, дытхэну, тхылъ къыдэдгъэкIыну. НобэкIэ апхуэдэ хуитыныгъэ диIэ хъуащ, къэралым къыдигъэкIа хабзэм ипкъ иткIэ. 5-нэ классым щыщIэдзауэ школ къэс адыгэбзэ зыджыну гупхэр щызэбгъэуIу хъунущ. Абы теухуауэ дэIэпыкъуэгъу хуейщи, хэкумкIэ къоплъэ хэхэс адыгэхэр. Псалъэм папщIэ, егъэджакIуэ яхурикъуркъым, зэрырагъэджэни яIэкъым. Абы теухуауэ Бзэ Хасэм куэдкIэ дыщогугъ.
ЛIызэм Лидэ — «Амра» фондым и унафэщI.
— Лъэпкъым бзэр зэрихьэн, къигъэсэбэпын хуейуэ къимылъытэмэ, зыри пхуещIэнукъым. Сыт бущэхукIи: я бзэмкIэ псэлъэну яфIэемыкIуу, я сабийхэми ирагъэщIэну хуэмейуэ куэд щыIэщ. Iуэхур ап- хуэдэу щыхъуакIэ, къалэн нэхъыщхьэу щыIэн хуейр пропагандэ жыхуаIэращ. Иджыпсту щыIэ Iэмалхэр — ар интернет, газет е радио ирехъу, — а псори хуэгъэлэжьэн хуейщ бзэм и пщIэр къэIэтыжыным.
Нэхъыжьхэм ди щIалэгъуалэм щапхъэ едмыгъэлъагъумэ, жытIэм зыри къикIынукъым. Осетие Ищхъэрэм и телевиденэм рекламэ егъэлъагъуэ бзэр зрагъэщIэну къыхуриджэу. Дэри апхуэдэ дыхуэныкъуэу къыщIэкIынущ. Къэралми, а къыхуеджэныгъэм нэмыщI, зи гугъу тщIы Iуэхугъуэм зы сом гуэр тригъэкIуэдэфу щытын хуейщ.
ЗэрытщIэщи, ди лъэпкъым и тхыдэр жыжьэ къыщожьэ. Иджы ди деж къэса бзэр, хабзэр дгъэкIуэдыжу щытмэ, дэ псори дыхуэмыхуу аращ. Ди щхьэм хуэдгъэфащэ хъунукъым ар.
ХьэцIыкIу Рае — филологие щIэныгъэхэм я кандидат, егъэджакIуэ, Бзэхэр джынымкIэ щIэныгъэхэр щаубзыху институтым и унафэщI:
— КъэкIуэнур щыдиIэну ди бзэм зедгъэужьмэщ. Хъума щыхъунур къытщIэхъуэ щIэблэм яIу-рылъмэщ. Зыщиужьынур дгъэлажьэмэщ. Адыгэбзэр адыгэ лъэпкъым и бзэу, Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыбзэу, лъэпкъыр зэрызыгъэIыгъ, зы зыщI Iэмалу зэрыщытыр сабийм пкърызыгъэхьэфынур егъэджакIуэрщ. АдыгэбзэкIэщ сабийр адыгэ дунейм хэша зэрыхъунур, и адыгэ гупсысэкIэр зэрызэтеувэнур, и къэухьым, гъэсэныгъэм зэрызиужьынур. Апхуэдэу щыщыткIэ, упщIэ къоув: «Сыт ди Iэмал а къалэнхэм дыпэлъэщынымкIэ?» А упщIэм и жэуап тэмэм къэгъуэтыныр лъэпкъ Iуэхущ, ди къэкIуэным и щытыкIэнур куэдкIэ зэлъытащ. ИкIи абы и жэуапыр егъэджэкIэр тэмэму къыхэхынырщ.
Дэтхэнэ бзэми и джыным ехъулIэныгъэ ущиIэнур езы бзэм хэлъыж хабзэмрэ иIэ щытыкIэмрэ елъытауэ егъэджэкIэр убзыхуамэщ. Бзэм щызекIуэ хабзэхэм, зэхущытыкIэ гъэщIэгъуэнхэм гу лъызыта сабийм ар псэкIэ зыхещIэ, абы къыхэкIыуи фIыуэ елъагъу, пэгъунэгъу дыдэ мэхъу. Анэдэлъхубзэр зыдэпсэухэм зэрагурыIуэ бзэуэ зэрыщытым и мызакъуэу, а бзэм и тхыдэ, и хабзэ, адрей бзэ псоми ещхь щытыкIэ гуэрхэри, къащхьэщызыгъэкI гъэщIэгъуэнагъ куэди хэлъу къэзыхута сабийр и бзэм иригушхуэнущ, нэхъ куууэ иджыным тригъэгушхуэнущ.
Сабийхэм адыгэбзэр егъэджэным пыщIа Iуэхухэм я къызэгъэпэщыкIэр щIэщыгъуэ щIыным, ахэр дэзыхьэхын егъэджэкIэщIэхэр къэхутэным щелэжь, бзэхэр зэра-джыпхъэр щаубзыху институт щыIэщ. Ар хэтщ Къэбэрдей-Балъкъэрым БизнесымкIэ и институтым. Институтыр илъэсищ и пэкIэ Хъурей Феликс къызэIуихри, дэ абы Iэмал къыдитащ Iуэху бгъэдыхьэкIэщIэхэр дубзыхуну, къэпщытэныгъэ едгъэкIуэкIыну, егъэджэныгъэ лэжьыгъэр езыгъэфIэкIуэн тхылъхэр къыдигъэкIащ. Дунейр йофIакIуэ, псынщIэ дыдэу зеужь. Бзэ щIэныгъэри зы пIэмрэ зы жыпхъэмрэ иткъым. Абы иIэ ехъулIэныгъэхэр, психологием къихутахэр, нобэрей сабийм и гуащIэр здынэсыр, лъэпкъыр къыщIэхъуэ щIэблэм зэрыщыгугъыр — а псори къэлъытауэ егъэджэкIэм худиIэ бгъэдыхьэкIэми зихъуэжыпхъэщ.
ЖысIэну сыхуейщ лъэпкъ цIыкIухэм я анэдэлъхубзэхэм я щытыкIэм игъэгузавэр дызэримызакъуэр. Осетие Ищхъэрэм къэхутэныгъэ гъэщIэгъуэн щрагъэкIуэкIащ. Владикавказ дэт педагогикэ институтым и лэжьакIуэхэм пособиехэр ягъэхьэзыращ я анэдэлъхубзэри, урысыбзэри, инджылызыбзэри зэгъусэу лъабжьэ хуащIауэ. Ар бзэ зыбжанэкIэ сабийм щIэныгъэ зэрыратым и мызакъуэу, осетиныбзэм и пщIэр къэзыIэт Iуэху бгъэдыхьэкIэщ. ЕджакIуэхэм я нэгу щIокI лъэпкъышхуэхэм я бзэм иIэ зэфIэкIым осетиныбзэри къызэрыкIэрымыхур. Пушкин Александр, Шекспир сымэ я IэдакъэщIэкIхэм дэщIыгъуу Хетагуров Коста и усэхэми къоджэ, зэпкърах. Абы псалъэ лей хэмыту сабийхэм хьэкъ ящещI Пушкинымрэ Шекспиррэ я лъэпкъым хуащIам хуэдэ Хетагуровми зэрылъэкIар. Езы институтым хэтыжу классхэр къызэрагъэпэщауэ щрагъаджэ, кIэлъоплъ, я лэжьыгъэм нэгъуэщI щIыпIэ къикIахэр щыгъуазэ ящI.
Къэбэрдейми апхуэдэ лэжьыгъэ щызыщIа щыIэщ. Ар Урыху дэт еджапIэм и егъэджакIуэхэрщ. АдыгэбзэмкIэ, урысыбзэмкIэ, инджылызыбзэмкIэ езыгъаджэхэр зэгухьэри ягъэхьэзыращ зэчий зыбгъэдэлъ сабийхэм дерс нэужьым зэрадэлэжьэн тхылъ. Абы ит тхыгъэхэр зытеухуар ди щIыпIэм и дахагъымрэ ди хабзэхэмрэщ. Сабийр дэзыхьэхын, яджыр ящызыгъэпсынщIэн куэд итщ абы. Хъунут Iэмал яIарэ нэхъри куууэ егъэлэжьыжамэ, ди республикэм и еджапIэхэм къыщагъэсэбэпыну къыдэгъэкIамэ.
Абы теухуауэ дэ ди институтым лэжьыгъэ иригъэкIуэкIащ, дяпэкIи иригъэкIуэкIыну и мурадщи, сэ си лэжьыгъэр щIэщыгъуэ сщIыну сыхуейщ жызыIэр фыкъакIуэ. АдыгэбзэмкIэ езыгъаджэхэр гуп зэрыгъэхъумэ, курс тхуегъэкIуэкIынущ, дызэлэжь щIэныпхъэм фыщыдгъэгъуэзэнущ, дерсхэм я ухуэкIэхэм фыкIэлъыдгъэплъынущ.
Багъ Мэрьям — Налшык дэт гимназие №14-м и егъэджакIуэ:
— Илъэс куэд хъуауэ адыгэбзэмкIэ сыегъэджакIуэщи, жысIэфынущ иджырей щIэблэр япэ итахэм куэдкIэ къазэрыщхьэщыкIыр, абы и зэхэщIыкIыр япэрейм хуэдэжкъым. Ди цIыкIухэр езыхэр акъыл жанхэщ, Iущхэщ, куэдым хащIыкI. Ауэ щыхъукIэ, егъэджэныгъэр нэхъ гъэщIэгъуэну, удэзыхьэхыу гъэпсыныр, псом хуэмыдэу адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэм дежкIэ, Iуэхушхуэщ. ЕгъэджакIуэм сыт хуэдиз фIагъ бгъэдэлъми, абы и закъуэкIэ зэфIэха хъунукъым бзэм и Iуэхур. Адэ-анэхэми езы еджакIуэхэми япэ ирагъэщыр IэщIагъэ къыхахынум епха дерсхэрщ, экзамен зэратынухэращи адыгэбзэм апхуэдэу зрагъэлIалIэркъым. Сэ тэмэму къызолъытэ, адрей дерсхэми хуэдэу, адыгэбзэри ЕГЭ-м хагъэхьэныр. Апхуэдэу дымыщIмэ, къалэм щеджэхэр къанэ щымыIэу кIуэнущ бзэр зыджыну къыщIэзыдзэ классхэм.
Сыарэзыщ Мурат жиIамкIэ: адыгэбзэ дерсхэми классщIыб лэжьыгъэхэми IэмалыщIэхэр къыщыгъэсэбэпыпхъэщ, ар Интернет, къэхутэныгъэ лэжьыгъэ, IуэрыIуатэр и лъабжьэу дерсхэр зэхэлъхьэн, нэгъуэщI ирехъуи. Нэхъапэм зэредгъаджэу щыта Iэмалхэр къекIужыркъым иджырей мардэщIэхэм.
АдыгэбзэмкIэ зэредгъаджэ программэхэри нобэрей дунейм тещIыхьауэ гъэщIэгъуэну зэхэлъыпхъэщ. Дызэрылажьэр мащIэу зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэр зрата программэщ. Тхылъхэри щIэрыпсу къыдагъэкI, авторхэри ардыдэхэрщ, иджыри къыздэсым дызэреджэхэрщ. Зэхэзылъхьахэр щымыIэжхэми, хэлэжьыхьыжхэр диIэщ. Урысыбзэр езыгъэджхэм зэрагъапщэу къыхахыну учебникыу яIэр бжыгъэншэщ. Тхыдэр къащти, блыщIым нос. АдыгэбзэмкIэ егъэджакIуэхэм методикэ лэжьыгъэхэр нобэрей дунейм къезэгъыу ямыIэми, куэд яхэтщ творческэу лажьэхэу, езыхэм я дерсхэр Iэмал удэзыхьэххэр къагъэсэбэпурэ гъэщIэгъуэну зэхэзылъхьэж. Апхуэдэ егъэджакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэри зэхуэхьэсауэ тэрэзт тхылъу къыдэгъэкIамэ. ЩыIэн хуейкъэ адыгэбзэкIэ езыгъаджэхэри зыхэдэн тхылъхэр.
ЕджакIуэхэм щIэныгъэ егъэгъуэтыным дэщIыгъуу, ахэр адыгэ хабзэхэми щIэпIыкIын хуейщ. Адыгэ хабзэр япэ классым къыщыщIэдзауэ 11-м нэсыху учебникыу зэхэлъхьауэ диIэныр ди хъуэпсапIэщ.
Урыс Хьэталий, Iэмрокъуэ Ибрэхьим, Тамбий БетIал, Джаурджий Хьэтыкъэ, Ержыб Аслъэн, ХьэкIуащэ Андрей, Дзасэжь Хьэсанш, Багъ Николай, Тау Жанти, Зэхъуэхъу Лиуан, КъуэщIысокъуэ Нурхьэлий, Гугъуэт Лол, Гугъуэт Лизэ, КIэрэф Мухьэмэд сымэ хэкупсэхэу, адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмрэ зиужьын папщIэ лъэкI къамыгъанэу лэжьа щIэныгъэлIхэщ, ди нэхъыжьыфIхэщ. Абыхэм яужь иту лэжьыгъэшхуэ зэфIэзых щIэныгъэлIхэщ Сонэ Iэбдулчэрим, Гъут Iэдэм, ТIымыжь Хьэмыщэ, БищIо Борис, Абазэ Албэч, Къэжэр Хьэмид сымэ. ЩIыбагъ уимыIэуи гупи уиIэнукъым. Зэманым декIур лIыфIщ, — жиIащ Къэзанокъуэ Жэбагъы. Ди зэманым дэри декIуу дыщытыпхъэщ. Адыгэбзэр пщIэным фIагъыу къишэм и мыхьэнэм теухуауэ швед щIэныгъэлI Джон Коларуссо итхами фыщызгъэгъуэзэнут: «Адыгэ грамматикэр те-лъыджэщ. Адыгэбзэм макъыу иIэр адрей бзэхэм елъытауэ куэд дыдэ мэхъу. Я морфологиери, синтаксисри гугъущ, ауэ ахэр къыщапсэлъкIэ апхуэдизкIэ компонент куэд мэлажьэ, клеткэ куэд къызэщIохъаери щхьэкуцIым зиужьынымкIэ, ефIэкIуэнымкIэ икъукIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ. Ауэ щыхъукIэ, ар зэщхьыр иджырей тренажёр залым укIуэу махуэ псом ущIэтынырщ. Адыгэбзэр зэвгъащIи, фи узыншагъэр сытым дежи тэмэмынущ».
Ширдий Маринэ — «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэ:
Утыку дыкъыщIихьэм и япэ щхьэусыгъуэр адыгэбзэмрэ литерэтурэмрэ теухуа щIэныгъэр зэрымащIэр, щIэблэм и гъащIэр, и лэжьыгъэр а щIэныгъэм ирипхыну зэрыхущIэмыкъур, ди бзэр гъащIэм къигъэув Iуэхугъуэхэм къыкIэрыху зэрыхъуар нэрылъагъущи аращ.
Мызэ-мытIэу къащтащ бзэхэр хъумэным, зегъэужьыным лъабжьэ хуэхъун хуей къэрал программэхэр. А программэхэм щыгъэбелджыла Iуэхухэм я нэхъыщхьэхэм щыщщ бзэхэм щIэныгъэ лъабжьэ яIэу зегъэужьыныр, анэдэлъхубзэр сабий садым къыщыщIэдзауэ курыт, ищхьэ еджапIэхэм щаджыныр, газетхэр къыдэкIыныр, радиомрэ телевиденэмрэ я нэтынхэмкIэ адыгэбзэм зрагъэужьыныр.
Зэ еплъыгъуэкIэ а псори щыIэщ, ауэ бзэм а къарур кIуэ пэтми щIокI. Абы и щхьэусыгъуэр дуней псом щекIуэкI Iуэхугъуэхэм зэрепхам шэч хэлъкъым. Экономикэ, политикэ IуэхукIэ бжьыпэ зыIыгъ къэралым и бзэри дунейпсо утыкум щытепщэ мэхъу. Зэгуэр апхуэдащ франджыбзэр, иджы езы франджы дыдэхэр егъэгузавэ инджылызыбзэр къазэребгъэрыкIуэм.
Дунейр шэрхъщи, мэкIэрахъуэ, — щIыжаIар апхуэдэ зыгуэру къыщIэкIынщ. Пщэдей къэхъунур, бжьыпэр зыубыдынур къэщIэгъуейщ. Ауэ дунейм дыкIэщIыхьэну дылъэпIастхъэурэ, дыдейм нэмыплъ щIеттыр гурыIуэгъуэкъым.
Сэ лъэпкъыр, хэкур, анэдэлъхубзэр фIыуэ флъагъу, жыпIэу зэгуэр къыхуебджэныр лейуэ къысщохъу. Уи щхьэр фIыуэ плъагъумэ, уигурэ уи щхьэрэ зэтелъу уи лъэпкъым ухэтынумэ, уеблэмэ нэгъуэщI лъэпкъми зыкъебгъэцIыхунумэ, пщIэ зыхуебгъэщIынумэ, уэ уи къежьапIэр пщIэн хуейщ.
Анэдэлъхубзэр щIызэбгъэщIапхъэм и етIуанэ щхьэусыгъуэр мы махуэхэм нэрылъагъу дыдэщ. ЦIыхухэр лэжьапIэ кIуэну Европэр я плъапIэу щытамэ, иджы ар мащIэ дыдэщ къызэхъулIэнур, езыхэм я цIыхухэр лэжьыгъэкIэ къызэрагъэпэщыжыфыркъыми. Хьэиху-бжэхуэщI жыхуаIэу укъагъэсэбэпын е щIэныгъэшхуэ гуэркIэ къыпхуэныкъуэн — Европэр къыщIыпхуеин ещанэ щхьэусыгъуэ щыIэу си щхьэкIэ сыщыгъуазэкъым. А псом тещIыхьауэ угупсысэмэ, анэдэлъхубзэр быным езыгъэщIа адэ-анэр нэхъ жыжьаплъэу къыщIэкIащ. Сэ фIыуэ сызыщыгъуазэ IэнатIэм и гугъу сщIынщи, щIалэгъуалэм лэжьапIэ нэхъ щагъуэтхэм ящыщщ республикэм и радиомрэ телевиденэмрэ, газетхэр. Къапщтэмэ, сыхьэт 17, кIэлъыкIуэу 24-кIэ жэщ-махуэм къриубыдэу лэжьэным зытезыгъэпсыхьыну республикэ телевиденэм иджыри куэдым IэнатIэ иритыфынущ. Ауэ абы щхьэкIэ, адыгэбзэм ухуэшэрыуэу, лъэныкъуэ куэдкIэ щIэныгъэ уиIэу ущытын хуейщ. А щIэныгъэмрэ адыгэбзэмрэщ иджы тхузэмыпхыжыр.
Бзэм и лъэныкъуэкIэ нэхъ зызыужьауэ диIэр литературэбзэращ, ар прозэуи усыгъэуи къащти. Абы щхьэусыгъуитI иIагъэнущ: япэрауэ, ди япэ ита тхакIуэхэмрэ усакIуэхэмрэ я адыгэбзэр беящ, нэгъуэщI къатегуплIэну хунэсатэкъыми, IуэрыIуатэр зи зэштегъэу адэшхуэ-анэшхуэхэм яIуатэ хъыбархэм щIапIыкIати. ЕтIуанэрауэ, Советхэм я зэманым зы лъэхъэнэ гъуэзэджэ щыIащ, цIыкIухэр пэщIэдзэ еджапIэм я анэдэлъхубзэкIэ щрагъаджэу. Абы хиубыдахэм я унэцIэ зыбжанэ фигу къэзгъэкIыжмэ, ар Нало Заурщ, дуней псом щыцIэрыIуэ щIэныгъэлI Нэхущ Iэдэмщ, тхакIуэ, усакIуэ, драматург IутIыж Борисщ, композитор, усакIуэ ХьэIупэ ДжэбрэIилщ. Республикэм и цIыху пажэ куэдым я цIэ иджыри къипIуэфынущ, ауэ кIыхь зезгъэщIынкъым. АдыгэбзэкIэ еджащ мыхэр ебланэ классыр къаухыху. Ауэ я урысыбзэри нэхъ махэ хъуакъым. Я щIэныгъэращи, дунейпсо литературэмкIэ Налор къызэджэфыну щыта лекцэхэмкIэ абы къыдихьэхыфынут литературэм и фIыпIэр къэзыгъэщIа франджыхэри, итальянхэри, инджылызхэри. Си гугъэкъым абы шэч къытезыхьэн яхэту Налор зыцIыхухэм, абы и тхыгъэхэм щыгъуазэхэм.
Бзэм теухуауэ сыт нэхъ махэр жытIэмэ, — ар жылагъуэ, политикэ, экономикэ Iуэхухэм епха псалъэхэрщ. Къапщтэмэ, адыгэбзэр абы пэмылъэщыну аракъым. Iуэхур зылъахъэр гъащIэм къыхыхьа псалъэщIэхэр бзэм къызэребгъэщтэфыну щIыкIэр зыубзыху гуп зэрымылажьэрщ. ЕтIуанэ щхьэусыгъуэр адыгэ газетхэмрэ журналхэмрэ еджэр зэрымащIэрщ. Ахэр дагъуэншэу жысIэфынкъым, ауэ политикэм, экономикэм, жылагъуэ Iуэхухэм епха псалъэхэм уи бзэр хуэкъута хъунукъым адыгэбзэкIэ къыдэкI газетхэм, журналхэм уемыджэмэ.
Жылагъуэр егъэджакIуэм щогугъ цIыху игъэсэну. Ауэ апхуэдэ къалэным ар щыпэлъэщынур езыр нэгъуэщIхэм ефIэкIмэщ. Дэнэ апхуэдэхэр къыздитхынур? Курыт еджапIэм фIыуэ щеджар ди университетым адыгэбзэмкIэ и къудамэм щIэмыкIуэм и щхьэусыгъуэр гурыIуэгъуэщ, кIыхьу дытемыпсэлъыхьми. НэгъуэщI факультетхэм щIэмыхуэфахэр «университетым дыщоджэ» жаIэн къудей щхьэкIэ, адыгэ Iуэхум хэпщIэкIэ, сыт абы халъхьэфынур? Къабэрдейм адыгэбзэм и пщIэр апхуэдизу щIыщIехуэхам и щхьэусыгъуэр зэхэгъэкIауэ, хэкIыпIэхэр убзыхун зэрыхуейм нэгъуэщI щхьэусыгъуэ щымыIэми, егъэджакIуэхэр зэкъуэгъэувэн, абыхэм ядэIэпыкъун хуейуэ къыдолъытэ мы Iуэхур къезыхьэжьахэм.
Японием и щыIэкIэ-псэукIэм дыщызыгъэгъуазэ «Ветка сакуры» тхылъым дихьэхыу куэд еджауэ щытащ. Фигу къэзгъэкIыжынщи, 1987 гъэращ а тхылъыр дунейм къыщытехьар. Ар зытха Овчинников Всеволод дызыщигъэгъуазэхэм ящыщу нэхъ сигу къинар а къэралым щIэныгъэм гулъытэу щигъуэтырщ. КъызэрыщIэкIымкIэ, XX лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм щыгъуэ Японием университету иIам хуэдиз КъухьэпIэ Европэ псом щыIакъым. А университетхэр къазэрыщхьэпар машинэхэмкIэ, техникэмкIэ Япониер дуней псом щапхъэ хуэхъуным и закъуэкъым. ЩIэныгъэмрэ лъэпкъым къыдекIуэкI гъэсэныгъэмрэ щызэгъусэм и дежщ зы къару лъэщ щыхъур. Абы и щыхьэтщ Пронниковымрэ Ладоновымрэ зэдатха «Японцы» тхылъым къыщыхэгъэща мы гупсысэр. Зэрытха бзэмкIэ сыкъыфхуеджэнщ, хэщIи-хэлъхьи щымыIэн папщIэ: «Японская школа культивирует национальный дух японцев, формирует у своих воспитанников соответствующие нормы морали, закладывает и развивает у них черты национального характера. Такое воспитание оставляло на психике японцев неизгладимый след. Бывший премьер-министр Японии Танака по этому поводу говорил: «Даже став взрослым, я до сих пор, думая о том, как жить, исхожу из тех основ, которые были заложены во мне еще в начальной школе».
Дэнэ щыIэ Япониер, дэнэ дыщыIэ дэ, жытIэу ди щхьэ мыгъуагъэ хуэтхьыжынумэ, ар зы Iуэху еплъыкIэщ, ауэ урысым, адыгэм, тэтэрым, шэшэным, балъкъэрым, нэгъуэщI лъэпкъхэми я щIэблэм курыт еджапIэм апхуэдэ хужаIэфын хуэдэу едгъаджэ, дгъасэ щIэмыхъун щхьэусыгъуэ щыIэу, абы къэралыр хуэмейуэ си фIэщ хъуркъым. Лъэпкъ цIыху мащIэхэм я бзэмрэ щэнхабзэмрэ хъумэн зэрыхуейм теухуауэ унафэ пыухыкIахэр ООН-м, ЮНЕСКО-м къащтауэ щыIэщ. Абы ифI къызэрыдэкIам и щапхъэ къэсхьыфынущ. Мыр къызжезыIэжар Дунейпсо Адыгэ Хасэ зэхэшэныр зи жэрдэму щыта Хьэткъуэ Фэтхьищ. Ар Голландиеращ щыпсэур. ДАХ-р къагъэщIыным тепсэлъыхьыну лIыкIуэхэр щрагъэблэгъам (абы КъБР-м, КъШР-м, АР-м икIахэр яхэтащ), а Iуэхум текIуэда псор Фэтхьи къезытар Голландиеращ. «Уэ лъэпкъ мащIэм и бзэрэ и щэнхабзэрэ хъумэным теухуа Iуэху къыщегъэжьакIэ, зыпщIэдгъэкъуэныр ди къалэнщ», — къыжраIащ. Дуней псом фIыщIэ зыпылъу щагъэува Iуэхум ди къэралым и нэ хуиуфIыцIыну къыщIэкIынкъым икIи хуиуфIыцIыркъым. Зэребгъэджэну тхылъ къыдэбгъэкIыну ахъшэ къует, адыгэбзэмрэ литературэмрэ я дерсхэр ди еджапIэхэм щат. Дауэ а Iуэхухэм дызэрыпэлъэщыр — аращ псори зэлъытар. Къапщтэмэ, адыгэбзэмрэ литературэмрэ хухах сыхьэт бжыгъэр еджапIэхэм щызэхуэдэкъым: унафэщIымрэ абы и къуэдзэмрэ я лъэпкъ зэхэщIыкIым щелъыта къохъу дерсхэр зыхуэдизынур. Аращи, адэ-анэм, адэшхуэ-анэшхуэм, егъэджакIуэхэм я деж къыщыщIедзэ анэдэлъхубзэм и щхьэм кърикIуэнкIэ хъунур. Ауэ адыгэбзэм къэралыбзэ къалэныр хуэгъэзэщIэн папщIэ, абы лъэныкъуэ куэдкIэ зегъэужьын зэрыхуейр мы зэманым къыдгуригъэIуэжауэ къысщохъу.
Зытхыжар ЩОДЖЭН Iэминатщ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29720.txt"
} |
Гузэвэгъуэ хэхуа ди къуэшхэм дадэвгъэIэпыкъу!
Сирие Хьэрып Республикэм щекIуэкI зауэм и зэран зэкIа ди лъэпкъэгъухэм защIэгъэкъуэн мурадкIэ, Урысей Сбербанкым и Къэбэр- дей-Балъкъэр къудамэ №8631-м счет хэха къыщызэIуахащ. Ди къуэш- шыпхъухэм ядэIэпыкъуну хуей дэтхэнэми мы счетым ахъшэ хилъхьэ хъунущ:
ИНН 0711040610/ КПП 072101001
Расчетный счет 40703810060330000227
БИК 040702660
Корсчет 30101810600000000660
Кабардино-Балкарское ОСБ №8631, г. Нальчик, ул. Пушкина/Кешокова, 33а/72
Адыгэ псори фыкъыхудоджэ: IуэхуфI влэжьыным фепIэщIэкI! Фи дэтхэнэ сомри иджыпсту дэхуэха ди лъэпкъэгъухэм сэбэп зэрахуэхъунум шэч къытевмыхьэ. Абыхэм дазэрыкъуэувэным, зэрызащIэдгъэкъуэным Iэмалу щыIэр къыхуэдвгъэгъэсэбэп! Ди нэхъыжьыфIхэм купщIэшхуэ халъхьащ «Узэкъуэтмэ - улъэщщ!» псалъэхэм.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29732.txt"
} |
Ныбэжь Сэлим и гулъытэ
«Къуэпс зыдз къуэпсыншэ хъуркъым», — жаIэ. А пщалъэмкIэ убгъэдыхьэмэ, Къубэ-Тэбэ къуажэм щыщ Ныбэжь Сэлим и гъащIэри и гуащIэри къуэпсыбэу зэхэтщ. ЗэрысцIыху лъандэрэ жэрдэмщIакIуэу, IэщIагъэлI Iэзэу, къызэгъэпэщакIуэ IэкIуэлъакIуэу ар къогъуэгурыкIуэ.
Курыт еджапIэ нэужьым Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым зоотехник IэщIагъэр зыщригъэгъуэтри, «Нартан» джэдкъаз фабрикэм и цIэфI жригъэIэу илъэс куэдкIэ щылэжьащ. ЗыблэкIыгъуэ лъэхъэнэ гугъум и къаруилъыгъуэу ирихьэлIати, къикIуэтакъым. Iуэху зехьэкIэщIэм пэмылъэщхэр, ар къэзымыщтэхэр яхъуэжын хуей хъурт. КъулыкъущIэхэр IэIэткIэ щыхах зэманти, и кандидатурэр къэдгъэлъагъуэри, «Куба» джэдкъаз лъэпкъыфI заводым и унафэщIу Ныбэжь Сэлим къуажэм къэтшэжауэ щытащ. Къэралыр якъутэжу IэнатIэр зэхуащIыжыху лэжьакIуэхэм пщIэ яхуищIу, жылэм и сэбэп зэрихуэу и къулыкъур ирихьэкIащ. Нобэ Бахъсэн районым и бэджэндырылажьэ нэхъыфIхэм ящыщщ, и техникэкIи лэжьэкIэкIи зэпэщщ. Ныбэжь Сэлим къуажэдэсхэм Iуэхутхьэбзэшхуэ къытхуещIэ. Къапщтэмэ, илъэс 70 — 75-м щхьэдэхауэ зы гупыфI къуажэм дыдэсщ. Ди гъащIэ псор губгъуэм щытхьауэ жыпIэ хъунущ. Апхуэдиз илъэскIэ гъавэ зыгъэкIахэр пщIантIэм дыщызэшырти, щIы Iыхьэ зырыз къэтщтауэ бэджэнду зыдохьэ. Ар Iуэху тыншкъым.
Сэлим а щытыкIэр къилъытауэ щIыр тхуевэ, жылэр тхухесэ, гъавэр тхуIуехыж. Iуэхутхьэбзэ псори езым и жэрдэмкIэ пщIэншэу къытхуещIэ.
«ЦIыхум и уасэр и лэжьыгъэрщ» щIыжаIэжыр, шэч гуэри хэмылъу, апхуэдэ угъурлыхэрщ, гуащIафIэхэрщ, псэ къабзэхэращи, и мурадыфIхэр къехъулIэну, и бынхэм я гуфIэгъуэ куэд илъагъуну, и пщIэм хэхъуэ зэпыту, дахагъэрэ IэфIагъкIэ гъэнщIа гъащIэ кIыхь Сэлим къигъэщIэну ди гуапэщ. Тхьэм къыпхузэпищэ, ди шынэхъыщIэ!
Кумыщ Хьэжмурат,
Бахъсэн район,
Къубэ-Тэбэ къуажэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29734.txt"
} |
Лъэпкъ зэныбжьэгъугъэр ягъэбыдэ
Налшык щекIуэкIа республикэ зэпеуитIым къарикIуахэр бадзэуэгъуэм и 8-м къызэщIакъуэжащ. Лъэпкъ зэныбжьэгъугъэр гъэбыдэным, жылагъуэм шыIэныгъэ яхэлъыным тегъэпсыхьауэ щыта зэпеуэм КъБКъУ-м и студенхэр хэтащ. Мыдрейр къэзакъ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ирагъэкIуэкIа лъэпкъ щэнхабзэмрэ тхыдэмрэ траухуа зэпеуэрати, абы хэтащ къэзакъ щIалэгъуалэр.
КъБР-м ЦIыхубэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министерствэм и нэIэ щIэту къызэрагъэпэща а зэпеуэхэр хыхьэрт «Лъэпкъ зэныбжьэгъугъэр гъэбыдэным, цIыхухэм шыIэныгъэ, зэхэщIыкI яIэным ехьэлIауэ» 2011 — 2015 гъэхэм республикэм щагъэзащIэ лэжьыгъэм.
КъБР-м ис лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм я хабзэхэр зэрыхьэлэмэтым зыщагъэгъуэзэну, лъэпкъ щхьэхуэхэм къахэкIа щIалэгъуалэм я зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэр, пщIэр гъэбэгъуэныр, экстремизм щIэпхъаджагъэм ныбжьыщIэхэр пэIэщIэ щIын къалэнхэр щынэхъыщхьэт зэпеуэм. КъэпщытакIуэхэм я пащхьэ кърахьа лэжьыгъэхэм хэплъэри, япэ увыпIэр — УнэшхуэлI Азэмэт (КъБКъУ), етIуанэр — Балъкъыз Азэмэт (КъБКъУ), ещанэр Залиханов Магомед (ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институт) хуагъэфэщащ.
Къэзакъхэм я хабзэмрэ тхыдэмрэ, ахэр иджырей зэманым къызэрезэгъыр я лэжьыгъэм нэхъыфIу къыщыгъэлъэгъуауэ къалъытэри, Тэрч — Балъкъ къэзакъ зэгухьэныгъэм япэ увыпIэр иратащ, къыкIэлъыкIуэр — Октябрьскэ къуажэм и къэзакъ гупым, ещанэр Прохладнэ къалэ и къэзакъхэм хуагъэфэщащ.
Iуэху дахэм хэта псоми министр Къумахуэ Мухьэдин (сурэтым) фIыщIэ хэха яхуищIри, саугъэтхэри яритыжащ. Абы жиIащ лъэпкъ зэныбжьэгъугъэр зыгъэбыдэ лэжьыгъэхэр дяпэкIэ ди респубикэм щрагъэкIуэкIыну, Iуэхум къыпащэну зэрамурадыр.
Пщыгъуэш Iэсият.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29739.txt"
} |
Нобэ
622 гъэр Муслъымэн махуэгъэпсым и щIэдзапIэщ. Ислъамым и къежьапIэу къалъытэ.
Бадзэуэгъуэм и 16 — 19-хэм Гаагэ (Нидерландхэр) щокIуэкI Химие Iэщэр къемыгъэгъэсэбэпыным щIэбэн зэгухьэныгъэм и гъэзэщIакIуэ советым и 73-нэ сессиер.
ТхакIуэ КIэрэф Мухьэмэд къызэралъхурэ илъэс 91-рэ ирокъу.
Искусствоведением и доктор, КъБКъУ-м и профессор Мэлбахъуэ Борис и ныбжьыр илъэс 73-рэ ирокъу.
СурэтыщI Болэт Людмилэ къыщалъхуа махуэщ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 27 — 28-рэ, жэщым градус 19 — 23-рэ щыхъунущ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29743.txt"
} |
Ди къуэш республикэхэм
Емыжь Мулиат и фильм
Адыгей. Республикэм и Iэтащхьэм и деж щыIэ комиссэ щхьэхуэм 2013 гъэм щIэныгъэм, литературэм, гъуазджэм и лъэныкъуэкIэ Къэрал саугъэтхэр зыхуагъэфэщэну лэжьыгъэхэр къыхех.
Къэрал саугъэтым хущIэкъухэм ящыщщ «Адыгея» ГТРК-м и журналист Емыжь Мулиат. Абы утыку кърихьащ и иужьрей лэжьыгъэхэм ящыщ «Черкесские султаны Египта» документальнэ фильмыр. Дакъикъэ 50 зыхухэха фильмыр теухуащ мамлюкхэм Египетым и тхыдэр зэфIэувэным хуащIа хэлъхьэныгъэм, адыгэ лъабжьэ зиIэу иджы зэманым Мысырым щыпсэухэм.
Бжьыхьэсэр Iуахыж
Республикэм бжьыхьэсэ гъавэр еужьэрэкIыу щыIуахыж. Иджыпсту абы и процент 83-м щIигъур зэщIакъуэжащ. Гектар къэс центнер 38,2-рэ къытрахащ, зэкIэ тонн мин 300-м нэблагъэ яIуащ.
ЩIыналъэм Мэкъумэш хзозяйствэмкIэ и министерствэм къызэритымкIэ, хьэуэ тонн 54744-рэ кърахьэлIэжащ. Муниципальнэ зэгухьэныгъэхэм я мэкъумэшыщIэхэм бжьыхьэсэ гуэдзыр Iуахыж. Ар гектар мин 62-м щIигъум щызэщIакъуэжати, тонн мин 239,2-рэ къытрахащ. Рапсыр гектар мини 5,3-м (процент 98-м) щыIуахыжащ.
Езыр-езыру къокI
Къэрэшей-Шэрджэс. Республикэм и хабзэхъумэхэм езыр-езыру къэкI щIэпым зрамыгъэубгъуным ехьэлIа Iуэхугъуэ хэхахэр ирагъэкIуэкI. Иджыблагъэ апхуэдэу гектари 8-м нэблагъэ ягъэкIуэдыжащ.
Черкесск къалэм и къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ гектари 7-м нэс щыпаупщIри, ягъэсыжащ. Участковэ уполномоченнэхэм Усть-Джегута районым хыхьэ Важнэ къуажэм гектарым нэблагъэ щагъэкIуэдыжащ.
ЩIэпыр хабзэншагъэкIэ зыгъэкI, абы елэжь икIи наркотик хьэзырыр изыгъэкI цIыхухэмрэ зэщIэгъэуIуа гупхэмрэ къэхутэным икIи убыдыным теухуа лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкI. Мэкъуауэгъуэм и пэщIэдзэ лъандэрэ полицейхэм шэч уэзыгъэщI зэкIуэцIылъхэр зыIыгъ цIыху 15 яубыдащ. Абыхэм ехьэлIа уголовнэ Iуэхухэр къаIэтащ.
УЭРДОКЪУЭ Женя.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29745.txt"
} |
Журналистхэм фIыщIэ хуащI
«Псори дызэхыхьэнщи, ди лъэпкъэгъухэм дадэIэпыкъунщ» къыхуеджэныгъэм щIэту иджыблагъэ ДАХ-м и жэрдэмкIэ Налшык Дунейпсо адыгэ зэIущIэшхуэ щекIуэкIащ. Ар теухуауэ щытащ зауэ лыгъейм хэт Сирием щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм, абыхэм ящыщу хэкужьым къэзыгъэзэжыфахэм ядэIэпыкъуным. Зэхыхьэр зэрекIуэкIам теухуа теленэтыныр зыгъэхьэзыра телевиденэм и лэжьакIуэхэр «Трек» шхапIэм щагъэлъэпIащ.
Сэхъурокъуэ Хьэутий ДАХ-м и ЩIыхь тхылъыр Хъуэжэ Жан ирет. ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий къыхигъэщащ республикэм и хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм щхьэх, жэщ-махуэ ямыIэу щIыналъэм къыщыхъу-къыщыщIэ Iуэхухэр пэжу къызэрагъэлъагъуэр, цIыхубэм я деж зэрынахьэсыр.
— Газетхэм, журналхэм, телевиденэм и лэжьакIуэхэм цIыхухэм я псэукIэр, ахэр зыхуэфI-зыщыщIэхэр пэжу къызэрагъэлъагъуэр узыгъэгуфIэщ. Творческэ лэжьыгъэ пэрыт дэтхэнэми хуэдэу, хъыбарегъащIэ IэнатIэр зезыхьэхэми щIэныгъэ, зэфIэкI ябгъэдэлъщ, — жиIащ Сэхъурокъуэм. — ЦIыхубэм я IуэхущIафэхэр, я гугъапIэхэр журналистхэм къызэраIэтым сфIэгъэщIэгъуэну сыкIэлъоплъ. Дауи, гуапэщ апхуэдэ лэжьыгъэ мытыншыр къазэрехъулIэр. Къыхэгъэщыпхъэщ, а Iуэхур зэрыкIуатэр унафэщIхэм зыкъомкIэ зэрелъытари.
Сэхъурокъуэ Хьэутий республикэм и телевиденэм, газетхэм я лэжьакIуэхэм фIыщIэ яхуищIащ, зэхыхьэр зэрекIуэкIам теухуа хъыбархэр цIыхубэм деж зэрынахьэсам папщIэ. КъБР-м и Правительствэм, КъБР-м ЦIыхубэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министерствэм, ДАХ-м я щIыхь тхылъхэмрэ саугъэтхэмрэ зыхуагъэфэщахэм Сэхъурокъуэ Хьэутийрэ министр Къумахуэ Мухьэдинрэ иратыжащ. Саугъэт щхьэхуэхэр хуагъэфэщащ газетхэм я редактор нэхъыщхьэхэу Аттаев Жамал, ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, Болэт Арсен, Къардэн Мухьэмэд, «1 КъБР» ТВ-м и тхьэмадэ Дроздов Игорь сымэ.
Къумахуэ Мухьэдин Сэхъурокъуэ Хьэутий фIыщIэ хуищIащ журналистхэм гулъытэ къазэрыхуищIам папщIэ. Министрыр телевиденэм и лэжьакIуэхэм, журналистхэм ехъуэхъуащ ехъулIэныгъэ, узыншагъэ яIэу я IэнатIэр ирахьэкIыну.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29747.txt"
} |
Я лэжьыгъэр къепщытэ
Иужьрей илъэсхэм республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэм зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр щокIуэкI. УнафэщIхэр хущIокъу цIыхухэм ягъуэт медицинэ дэIэпыкъуныгъэм и фIагъыр къызэраIэтыным, а унэтIыныгъэм зэрызрагъэужьыным. Гулъытэшхуэ хуащI медицинэ IуэхущIапIэхэр сыт и лъэныкъуэкIэ зыхуей хуэгъэзауэ зэгъэпэщыжыным, щIэуэ яухуэхэр иджырей мардэхэм тету егъэщIыным.
КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым (ижьымкIэ етIуанэщ) ремонт ящI сымаджэщыр къеплъыхь. Сурэтыр МАМИЙ Руслан трихащ. КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Хьэсанэ Руслан, абы и къуэдзэхэу Портэ Галинэ, Уянаев Казым, республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Шэт Ирмэ сымэ иджыблагъэ щыIащ Республикэ клиникэ сымаджэщым икIи ар зэрызэрагъэпэщыжым еплъащ, дохутырхэм яIущIэри, я гурыгъу-гурыщIэхэми зыщагъэгъуэзащ. Сымаджэщым и пщIантIэр къызэхаплъыхьа иужь, ахэр япэу яхуэзащ журналистхэм. Лъынтхуэ узыфэхэм щеIэзэ центрыр къыщызэIуахынум щыщIэупщIэм, Хьэсанэм къыхигъэщащ Iуэхур псынщIэу и кIэм нэгъэсыным сытым дежи фIагъым узэрыхуимышэр.
— Лъынтхуэ узыфэхэм щеIэзэ центрыр мы гъэм и фокIадэ мазэм къызэIутхыну ди гугъащ, ауэ иджы а пIалъэр дгъэкIуэтащ, — жиIащ Хьэсанэ Руслан. — Ар сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей хуэгъэзауэ хьэзыр щыхъунур щэкIуэгъуэ мазэрщ. Унэм и мызакъуэу, абы къегъэщIылIа щIыналъэ- ри тэмэм зэращIыным хущIокъу. Абдежым щхъуантIагъэр щытепщэу щытынущ, сымаджэхэм я деж щIэупщIакIуэ къакIуэхэм папщIэ тетIысхьэпIэхэр ягъэувынущ. Къапщтэмэ, узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэр нобэ зэрыт щытыкIэр зэлъытыжар дэращ. Пэжыр жыпIэмэ, блэкIа илъэсхэм абы хуэфэщэн гулъытэ хуэтщIакъым, а унэтIыныгъэр Iэпэдэгъэлэл тщIыри, едгъэхуэхащ. АтIэ иджы нобэ абы худиIэ щытыкIэм зедгъэхъуэжыныр ди къалэн нэхъыщхьэщ, ди къару псори етхьэлIэн хуейщ цIыхухэм ягъуэт медицинэ дэIэпыкъуныгъэм и фIагъыр къызэрытIэтыным. Псом япэрауэ, дохутырхэр зэрылэжьэну Iэмэпсымэхэмрэ хущхъуэхэмкIэ къызэгъэпэщын, абыхэм я улахуэм хэгъэхъуэн хуейщ. Мис а Iуэхур тэмэму зэтеубла хъуа иужьщ абыхэм яхь жэуаплыныгъэр дэ щыдгъэткIиифынур.
Мы зэманым республикэм и медицинэ IуэхущIапIэ 26-рэ зэрагъэпэщыж. Абыхэм яхэтщ куэд лъандэрэ яухауэ щытын хуейхэр. Ауэ нобэр къыздэсым яхунэгъэсакъым и кIэм. Ар щIэпхъумэкIи бущэхукIи зыри и мыхьэнэкъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ цIыхухэр а Iуэхум фIы дыдэу щыгъуазэщ. Иджы ди къару псори абы етхьэлIэу мы илъэсым и кIэ пщIондэ а лэжьыгъэ псори духын хуейщ.
УФ-м и Президентым накъыгъэ мазэм къыдигъэкIа унафэм ипкъ иткIэ, медицинэ лэжьакIуэхэм я улахуэм хэхъуащ. Апхуэдэу абыхэм дяпэкIэ къахьынущ ику иту дохутырым сом мин 28-рэ, курыт медицинэ лэжьакIуэм сом мин 16. IуэхущIапIэхэм ущрохьэлIэ бухгалтерым, кадрхэмкIэ къудамэм и унафэщIым я улахуэхэр дохутырхэм ейм нэхърэ куэдкIэ нэхъыбэу. Ар сыт апхуэдэу щIыщытыр?! Псом япэрауэ, улахуэ нэхъыбэ зиIэн хуейр сымаджэм еIэзэ дохутырырщ.
Хьэсанэр тепсэлъыхьащ медицинэ лэжьакIуэхэм я Iэзагъэм, зэфIэкIым хэ- гъэхъуэнымкIи Iуэхугъуэ щхьэхуэхэр зэрызыхуагъэувыжам. Абы и лъэныкъуэкIэ и гугъу ищIащ Сеченовым и цIэр зэрихьэу Москва дэт медицинэ къэрал университетым зэгурыIуэныгъэ зэрыращIылIам, дохутырхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэм и мызакъуэу, илъэс къэс абы щеджэну ныбжьыщIэ зыбжанэ зэрагъэкIуэнум.
— Медицинэм зыужьыныгъэшхуэхэр игъуэтащ, — жиIащ Хьэсанэ Руслан. — Абы дыкъызэрыкIэрымыхуным дыхущIэкъун хуейщ. ЖыпIэнурамэ, Кавказ Ищхъэрэм а унэтIыныгъэмкIэ нэхъыфIхэм дащыщкъым. Дэ зыужьыныгъэ гъуэгуанэм дытехьа къудейуэ аращ, зэхъуэкIыныгъэ куэд къытпэщылъщ.
АдэкIэ абыхэм Республикэ клиникэ сымаджэщым и хирургие корпусым щекIуэкI лэжьыгъэхэр зрагъэлъэгъуащ, итIанэ къудамэхэм я унафэщIхэр зыхэта зэIущIэ ирагъэкIуэкIащ.
Сымаджэщым и дохутыр нэхъыщхьэ Къэжэр Хъусен кIэщIу тепсэлъыхьащ зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр зэрекIуэкIым арэзы къызэрищIым, я лэжьакIуэхэм я улахуэм зэрыхагъэхъуам, сымаджэхэр пщIэншэу хущхъуэкIэ къызэрызэрагъэпэщым, ахэр махуэм плIэнейрэ зэрагъашхэм, нэгъуэщIхэми.
— Республикэм щыIэ дэтхэнэ медицинэ IуэхущIапIэми ябгъэдэлъщ я сымаджэхэм ирахьэлIэну хущхъуэхэр къызэращэхун мылъку, — жиIащ Хьэсанэ Руслан. — Сымаджэм хущхъуэ кърагъэщэхужу хъыбар зэхэтхмэ, дохутырхэм ткIийуэ жэуап яхьынущ. Фэ цIыхухэм къыфхуаIэ щытыкIэр зыхуэдэр фщIэми сщIэркъым, ауэ сэ фIы дыдэу зыхызощIэ ахэр властым къызэрытхущытыр — абыхэм дакъыфIэIуэхукъым. Апхуэдэ щытыкIэр лъагъуныгъэми лъагъумыхъуныгъэми нэхърэ нэхъ шынагъуэщ. КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсенрэ сэрэ къалэн нэхъыщхьэу зыхуэдгъэувыжар цIыхухэм властым дзыхь зэрыхуедгъэщIыжынырщ, апхуэдэуи жылагъуэм я псэукIэр зэредгъэфIэкIуэнырщ.
Сытым дежи фи лэжьыгъэр нэгъэсауэ зэрызэфIэфхыным фыхущIэкъупхъэщ. Апхуэдэ дыдэу сымаджэщыр зыхуэныкъуэ Iэмэпсымэхэр къыщыфщэхукIэ нэхъыфI дыдэхэрщ зыIэрывгъэхьэн хуейр, ар къызэрыгуэкI хьэпшып цIыкIу гуэру щытми. Дыгъуасэрей хьэпшып къыщIэпщэхун щыIэкъым, пщэдейрейм ухуэплъэу щытын хуейщ. ЗэрыжаIэу, уи щхьэм хуэбгъэфащэрщ къылъысыр. «Дэ ар тхуэфащэкъэ» къыхуеджэныгъэм фытет. Мылъку и лъэныкъуэкIи дэ зэрытхузэфIэкIкIэ зыфщIэдгъэкъуэнущ. Фэ къалэнхэр къытхуэвгъэув, дэ ахэр зэрызэфIэдгъэкIыным дыхущIэкъунущ. ДяпэкIэ республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэр ткIийуэ ди нэIэм щIэдгъэтынущ. Фэрэ дэрэ дызэгурыIуэу дызэдэлажьэкIэрэ, ар зэредгъэфIэкIуэнум иужь дитын хуейщ.
ЩхьэщэмыщI Изэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29752.txt"
} |
Гуапагъэрэ дахагъэкIэ гъэнщIа сурэтхэр
Ди газетым зэрытетащи, УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт Аккизовэ Имарэ и лэжьыгъэхэр мы махуэхэм щагъэлъагъуэ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и фондым.
Имарэ (сэмэгумкIэ щытщ) псалъэ гуапэкIэ зыхуегъазэ профессор Пащты Герман. Зэхыхьэм зыкърагъэхьэлIащ КъБР-м и Iэтащхьэм и чэнджэщэгъу Отаровэ Розэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Фырэ Руслан, УФ-м и цIыхубэ сурэтыщI, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, ХудожествэхэмкIэ Урысей Академиемрэ ЩIДАА-мрэ я академик, Красноярск гъуазджэмкIэ и институтым ксилографиемкIэ студиер къыщызэзыгъэпэща икIи абы и унафэщI, профессор Пащты Герман, УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм жэуап зыхь и секретарь Сындыку Нелли.
КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм и унафэщI Темыркъан Геннадий гъэлъэгъуэныгъэр къыщызэIуихым жиIащ сурэтыщIу щы — Екъуб, Сиярэ, Имарэ — къызэрыкIа Аккизовхэ я унагъуэм щыщ дэтхэнэ зым и лэжьыгъэхэри утыку къыщрахьэкIэ цIыхухэм я псэм дахагъэр, гуапагъэр къызэрыщагъэушыр.
— Мы зэм Имарэ и лэжьыгъэ 30-м щIигъу егъэлъагъуэ, сурэтыщIэхэри абы нэхъапэIуэкIэ ищIахэри зэхуэхьэсауэ. Имарэ и Iэдакъэ къыщIэкIа сурэтхэм дыгъэм хуэдэу уагъэхуабэ, нэри псэри ягъэгуфIэ, — къыхигъэщащ Геннадий.
Имарэ и лэжьыгъэхэм купщIэ зэрахэлъым, я плъыфэхэр зэрызэгъэкIуам, абыхэм узэратхьэкъум Фырэ Руслан къытеувыIа нэужь, Имарэ узыншагъэ, ехъулIэныгъэ иIэу илъэс куэдкIэ гъуазджэм хуэлэжьэну ехъуэхъуащ.
Отаровэ Розэ жиIащ сурэтыщI Iэзэхэу Аккизовхэ Екъубрэ Сиярэрэ япхъу Имарэ и адэ-анэм я IэщIагъэм зэрыпищэр, езыми зэфIэкI ин зэриIэр, и сурэтхэр цIыхухэм щIэщыгъуэ зэращыхъур, зэхуэгуэпэным ягухэр къызэрыхуигъэушыр, лэжьыгъэхэм ящIэлъ хуабагъэм я псэм зэрызригъэужьыр.
Отаровэ Розэ Имарэ ехъуэхъуащ и гупсысэ щIэщыгъуэхэмрэ и лэжьыгъэфIхэмкIэ республикэм исхэр дяпэкIи игъэгуфIэну, и IэщIагъэм и хъер илъагъуну.
Псалъэ гуапэхэм пызыща Пащты Герман жиIащ и къуэ сурэтыщI Пащт-Хъан Алим и ныбжьэгъу, дунейм къызэрытехьэрэ ицIыху Имарэ и гъэлъэгъуэныгъэм и гуапэу зэрызыкъригъэхьэлIар, лэжьыгъэхэр игу зэрыдыхьар, хъыджэбзым гъуазджэм щызыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэм адэкIи пищэну зэригуапэр.
Сындыку Нелли къыхигъэщащ мыпхуэдэ гъэлъэгъуэныгъэхэр гъуазджэм и махуэшхуэу къызэралъытэр, Имарэ и лэжьыгъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ и анэш Дагъыстэнымрэ зэрызэпащIэр, тхыдэр, цIыхубзым и теплъэр абыхэм къызэрыщыгъэлъэгъуар, сурэтхэм псэгъэгуфIэ-дахагъэ зэрахэлъыр.
Имарэ хъуэхъу псалъэкIэ зыхуагъэзащ КъБР-м ГъуазджэхэмкIэ и музейм и унафэщI Жантудуевэ Елизаветэ, КъБКъУ-м и студентхэм.
Зэхыхьэм зэрыщыжаIащи, Аккизовэ Имарэ республикэ, дунейпсо гъэлъэгъуэныгъэхэм зыбжанэрэ хэтащ, «У древа есть корни» (2008), «Юг России-2004» (Краснодар), «Юг России-2008» (Сочэ), Сэралъп Мадинэ къызэригъэпэща «Зэманым и псыежэхым…» (Налшык, 2009; Санкт-Петербург, 2010) хуэдэхэм, нэгъуэщIхэми. Имарэ и лэжьыгъэхэм я закъуэ Кулиев Къайсын и музей-унэм (2009), Къэбэрдей-Балъкъэр, Дагъыстэн республикэхэм ГъуазджэхэмкIэ я музейхэм щагъэлъэгъуащ. Имарэ тхылъ 80-м щIигъу и сурэтхэмкIэ зэригъэщIэрэщIари къыхагъэщащ.
Имарэрэ и анэ Сиярэрэ фIыщIэ хуащIащ зэхыхьэм къыщыпсэлъахэмрэ кърихьэлIахэмрэ.
— Псалъэ гуапэ къысхужызыIахэм сывгъэгушхуащ. Си ехъулIэныгъэхэр псом япэу зи фIыгъэ си адэ-анэми фIыщIэ яхуэфащэщ. Псом хуэмыдэу си анэм лэжьыгъэм сытрегъэгушхуэ, зыгуэр къызэмыхъулIэми имыбзыщIу къызжеIэ. Си сурэтхэм дихьэххэм къызагъэза дзыхьыр дяпэкIи зэрызгъэпэжыным, си зэфIэкIымрэ Iэзагъымрэ зэрыхэзгъэхъуэным сыхущIэкъунущ, — жиIащ Имарэ.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Сурэтыр КЪУЭЩIЫСОКЪУЭ Марьянэ трихащ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29756.txt"
} |
Жамборэ Щэуал ягу къагъэкIыж
Урысейм и ДОСААФ-м и къудамэу КъБР-м щыIэм и республикэ нэщанэуапIэм Жамборэ Щэуал и фэеплъ зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ.
Жамборэ Щэуал 1939 гъэм армэм ираджауэ щытащ. Къулыкъур щрихьэкIащ 10-нэ гвардие дивизэм Бэракъ Плъыжь зезыхьэ и 2-нэ фочауэ полкым. Зауэм хэтащ сержант нэхъыжьу, снайпер гупым я унафэщIу. Япэ Бэракъ Плъыжь орденыр къратащ фашист 25-рэ зэриукIам папщIэ. ЕтIуанэр фашист 75-рэ зэрыхигъэщIам къыпэкIуащ. 1944 гъэм накъыгъэм и 9-м Жамборэ Щэуал уIэгъэ хьэлъэ игъуэтри, абы къелакъым. Ар щыщIалъхьащ Финляндием щыIэ гъунапкъэм и «314-нэ» лъагапIэм и лъапэм. Абы и цIэр фIащащ Нарткъалэ, Къэхъун къуажэм я уэрамхэм.
ЛIыхъужьым и фэеплъ зэпеуэм хэтащ КъБР-м и муниципалитет псоми я гуп къыхэхахэр, апхуэдэуи, Осетие Ищхъэрэ — Аланием, Ставрополь крайм къикIахэр. Зэхьэзэхуэм и къызэгъэпэщакIуэщ Урысейм и ДОСААФ-у КъБР-м щыIэр, «Урысей фочауэ союз», «ЗауэлI зэкъуэшыныгъэ» зэгухьэныгъэхэр, Калашниковым и цIэр зэрихьэу Урысейм щыIэ дзэ-спорт союзыр, Урысейм и ДОСААФ-у КъБР-м щыIэм и Аруан автомобиль школыр, Жамборэхэ я лъэпкъыр.
ЦIыхухъухэм я щхьэзакъуэ зэпеуэм пашэ щыхъуащ Токъу Мухьэмэд. Редко Максим етIуанэ, Маялян Михаил ещанэ увыпIэхэр зыIэрагъэхьащ.
Пщащэхэм я деж бжьыпэр щиубыдащ МацIыхъу Аланэ. Iэщын Iэсият етIуанэ увыпIэр лъысащ, Балкандуевэ Елизаветэ ещанэщ.
Командэхэм я зэпеуэм текIуэныгъэ къыщихьащ «КъБР-м и фочауэ союз»-м. Минводы къалэм и лIыкIуэхэр етIуанэ хъуащ, аушыджэрдэсхэр ещанэщ.
Командэхэм я унафэщIхэри щхьэхуэу зэхьэзэхуащ. Абы пашэ щыхъуащ къэхъундэс Жамборэ Заудин. Багъ Анзоррэ Къардэн Альбертрэ етIуанэ, ещанэ увыпIэхэр къахьащ. ТекIуэныгъэр игъэлъэпIащ Геккиевэ Ирини.
ЕхъулIэныгъэ зыIэрызыгъэхьахэм хуагъэфэщащ кубокхэр, медалхэр, щIыхь тхылъхэр, ахъшэ саугъэтхэр.
Къызэхуэсахэм фIыщIэ яхуищIащ, спортсменхэм ехъулIэныгъэщIэхэр, зэфIэкI лъагэхэр адэкIи яIэну ехъуэхъуащ КъБР-м щыIэ ДОСААФ-м и унафэщI Iэщын Юрэ.
Жамборэхэ я лъэпкъым къыбгъэдэкIыу къызэгъэпэщакIуэхэм, зэпеуэм кърихьэлIахэм фIыщIэ яхуищIащ полицэм и полковник Жамборэ Наурбий.
— Щэуал Хэкум и къуэ пэжу псэуащ. Дэни къыщигъэлъагъуэрт лIыгъэ. Фэ бэIутIэIуншэу фыпсэун папщIэщ абы и гъащIэр щIитар. Си гугъэщ ар фэркIэ щапхъэу. Хэкур, лъэпкъыр фIыуэ флъагъуным фыкъыхузоджэ! Фи спорт гъащIэм мыпхуэдэ зэхьэзэхуэ лъапIэ куэд хэтыну, абыхэм фи зэфIэкIым щыхэвгъэхъуэну сынывохъуэхъу!
— Нобэ махуэ дахэ къыдэхъулIащ. Щапхъэ зытетхыпхъэ лIыхъужь Жамборэ Щэуал хуэфащэ Iуэхур екIуу едгъэкIуэкIауэ си гугъэщ. Мыпхуэдэ зэпеуэ гъэщIэгъуэнхэм щIалэгъуалэр гъунэгъу зэхуащI, я зэфIэкIми щыхагъахъуэ. Иджыри дызэIущIэнщ, дызэхьэзэхуэнщ, ди гукъыдэжым хэдгъэхъуэнщ, — жиIащ зэIущIэр зэхуэзыщIыжа полковник МацIыхъу Хъусен.
Гугъуэт Заремэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29759.txt"
} |
ГъуэплъащIэ
Мухьэмэд ТIэхьир и къуэр къыщалъхуа махуэщ — илъэси 8 ирокъури, дохъуэхъу
Ди щIалэ гъэфIэным уи уафэр къащхъуэрэ уи щIылъэр щхъуантIэу, уи пщIэр лъагэрэ уи псэр къабзэу, уи насып вагъуэр уэгум иту, уи щэнымрэ акъылымрэ санэхуафэр хуаIэту, цIыхугъэр къыбдэбагъуэу куэдрэ упсэуну ди гуапэщ. Уи нэхъыжьхэр, уи адэ-анэр уэркIэ гушхуэу, гуфIэгъуэр уи Iэпэгъуу гъащIэ дахэрэ насып инкIэ Тхьэр къыпхуэупсэну дынохъуэхъу.
Уи адэшхуэ Хьэжмурид, уи анэшхуэ ФатIимэт.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29763.txt"
} |
Дызэрыгушхуэ бэнакIуэ-ветеранхэр
БэнэкIэ хуитымкIэ мастер-ветеранхэм я урысейпсо чемпионат Къалмыкъым и къалащхьэ Элиста щекIуэкIащ. КъБР-м и лIыкIуэхэм яхэту абы я зэфIэкI щагъэлъэгъуащ Бахъсэн районым и бэнакIуэхэм.
Гъузий Мухьэмэд (кг 130-м нэс), Шопарэ Шупагуэ, Тембот Анатолэ (кг 63-м нэс) сымэ къапэлъэщын зэхьэзэхуэм кърихьэлIахэм яхэтакъым.
— Чемпионатым къэралым и спортсмен 48-рэ хэтащ. Ди текIуэныгъэр тыншу зыIэрыдгъэхьащ. Иджы зыхуэдгъэхьэзырынущ фокIадэм Сербием щекIуэкIыну дунейпсо чемпионатым, — къыджиIащ Бахъсэн муниципальнэ районым и спорт комитетым и унафэщI, КъБР-м физкультурэмрэ спортымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, СССР-м спортымкIэ и мастер Гъузий Мухьэмэд.
Алокъуэ Аринэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29768.txt"
} |
Аргуэру зы махуэшхуэ
Иджыблагъэ Псыхуабэ щекIуэкIащ ЩIалэгъуалэ псапащIэ фестиваль. Кавказ Ищхъэрэм и щIалэгъуалэм я жэрдэмкIэ къыхалъхьа Iуэхур Урысейм и Ищхъэрэ щIыналъэм япэу щагъэлъэпIащ. «Уафэгу Одиссее — зекIуэшхуэхэм я щIэдзапIэ» махуэшхуэр хуэунэтIауэ щытащ сабий унэм щапIхэмрэ абы къыщIэкIа щIалэгъуалэмрэ. КъызэрагъэлъэгъуамкIэ, апхуэдэ махуэшхуэхэр дяпэкIэ илъэс къэс ирагъэкIуэкIынущ.
Фестивалым и къалэн нэхъыщхьэр ехъулIэныгъэм мащIэ-мащIэурэ зэрыхуэкIуэр, къепхьэжьэ Iуэхум уегугъумэ, къызэрохъулIэнур балигъ гъащIэм хэбэкъуа щIалэгъуалэм нэрылъагъу ящыщIынырщ. Махуэшхуэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Шэшэн, Дагъыстэн, Ингуш, Осетие Ищхъэрэ — Алание республикэхэм, Ставрополь крайм къикIа щIалэгъуалэр, псори зэхэту цIыху щитхум щIигъу.
А махуэ дыдэм туристхэр зрикIуэну зыплъыхьакIуэ гъуэгури къызэIуахащ. А зекIуэр зыхухэхар Урысейм авиацэ цIыкIум зыщегъэужьынырщ, щIалэгъуалэр а унэтIыныгъэм дегъэхьэхынырщ, къыдэкIуэтей щIэблэм псэкупсэ лъапIэныгъэхэр яIэу къэгъэтэджынырщ. ХьэщIэхэм зрагъэлъэгъуащ инженер-конструктор цIэрыIуэ, «Урысейм и щIыхькIэ — уафэгу Одиссее!» щIалэгъуалэ гупым я пашэ Бегак Александр и авиацэ IуэхущIапIэр. Абы щолэжь, къыщыщIагъэкI икIи къыщапщытэ и хьэлъагъкIэ нэхъ псынщIэ дыдэ, дуней псом къыпэхъун щымыIэу къалъытэ кхъухьлъатэ цIыкIухэр.
АдэкIэ хьэщIэхэм зрагъэцIыхуащ бегалетхэр къэзыгупсыса гупыр, Совет Союзым, Урысейм я ЛIыхъужь Чилингаров Артур и гупым я зекIуэ цIэрыIуэхэми зыщагъэгъуэзащ.
ГъукIакъуэ Идар.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29770.txt"
} |
«Нурым» и зи чэзу къыдэкIыгъуэхэр
«Нур» журналым и 5-нэ, 6-нэ къыдэкIыгъуэхэр дунейм къытехьащ.
Етхуанэ къыдэкIыгъуэр къызэIуех накъыгъэм и 9 махуэшхуэр зэрагъэлъапIэм теухуа сурэтхэмкIэ. АдэкIэ фыкъыщеджэнщ КIуантIэ Iэзид итха «Анэм и псалъэ» рассказым. Ар теухуащ япэ дыдэу еджапIэм кIуэ щIалэ цIыкIум и гурыгъу-гурыщIэхэм.
Сабий усакIуэ цIэрыIуэ Маршак Самуил адыгэ хъыбарыжьыр лъабжьэ хуищIри итхауэ щытащ «ЗэгъунэгъуитI» усэр. Ар тетщ мы къыдэкIыгъуэм, адыгэбзэкIэ Уэрэзей Афлик зэридзэкIауэ. «Си унафэм къедэIуэнукъым» (шэшэн) , «ТхьэкIумэкIыхьымрэ шылъэгумрэ» (ингуш) таурыхъхэр итщ журналым, Къэрмокъуэ Хьэмид адыгэбзэкIэ зэридзэкIауэ.
АдэкIэ фыкъыщеджэнщ Таз ФатIимэ, Мэз Iэниуар сымэ цIыкIухэм папщIэ ятха усэхэм.
ЩакIуэ шынэкъэрабгъэм теухуащ Нэгъуей Беслъэн итха «ЩэкIуэгъуэ мазэм» гушыIэ рассказыр.
Гъуазджэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Мэлбахъуэ Борис «Дыщэрыдэхэр» тхыгъэм щытопсэлъыхь адыгэхэм ижь-ижьыж лъандэрэ къадекIуэкI гъэдэхэн-гъэщIэрэщIэн IэщIагъэм.
«Нурым» къыхуатх» Iыхьэм тетщ Нартан къуажэм дэт 2-нэ курыт еджапIэм щылажьэ экологие кружокым теухуауэ абы и унафэщI ПащIэ Инетэ итха тхыгъэ кIэщIыр, журналым и щIэджыкIакIуэхэу Шорэ Дисанэ, Думэн Темырлан сымэ унагъуэ псэущхьэхэм траухуа я тхыгъэ цIыкIухэр.
Жыласэ Заурбэч и «Пелуан ныбжьыщIэ» тхыгъэм щыдегъэцIыху Урысей Федерацэм атлетикэ хьэлъэмкIэ и ныбжьыщIэ командэ къыхэхам хагъэхьа, Iуащхьэмахуэ районым физическэ щэнхабзэмрэ спортымкIэ олимп джэгухэм хэтыфынухэр щагъэхьэзыр IуэхущIапIэм и гъэсэн Тэмазэ Мурат.
А напэкIуэцI дыдэм «ЗэгъащIэ» псалъащхьэм щIэту фыкъыщеджэнщ «Псалъэ пэжхэм».
МафIэсым зыщыхъумэным теухуа напэкIуэцIым укъыхуреджэ мафIэм хуэсакъын зэрыхуейм, абы удэджэгу зэрымыхъунум.
АдэкIэ ит псалъэзэблэдзыр нэхъ зытегъэщIар «Лъ» хьэрфырщ.
Мы къыдэкIыгъуэм «Нурым» и гъуджэм къощ адыгэ макъамэ зэрызэхихыу къэфэну къытехьэ, илъэситI зи ныбжь НакIэ Дамир, къэфэным хуэIэзэ, Налшык дэт 14-нэ гимназием щеджэ, 2011 гъэм къэфакIуэхэм я фестивалу Москва щрагъэкIуэкIам Гран-при къыщызыхьа, илъэс 12 зи ныбжь Бэкъей Лионеллэ сымэ я сурэтхэр.
Еханэ къыдэкIыгъуэр къызэIуех «Сабийхэр хъумэным и дунейпсо махуэм» ехьэлIауэ Алъкъащ Аминэ итха «Лэгъупыкъу» сабий санаторэр» тхыгъэмкIэ. Сирием къикIыжри Хэкум адыгэ унагъуэ куэдым къагъэзэжащ. Абыхэм сабийуэ ящIыгъури мащIэкъым. Абыхэм пIалъэкIэ я псэупIэ хъуащ Налшык дэт «Лэгъупыкъу» сабий санаторэр. Ахэрщ тхыгъэмрэ абы щIыгъу сурэтхэмрэ нэхъыбэу зытепсэлъыхьыр.
КъыкIэлъыкIуэ напэкIуэцIыр теухуащ тхакIуэ, усакIуэ Елгъэр Кашиф иджыблагъэ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхубэ тхакIуэ» цIэ лъапIэр къызэрыфIащам икIи Елгъэрым сабийхэм яхуитха усэхэм щыщхэр тредзэ.
АдэкIэ фыкъыщеджэнщ ХьэхъупащIэ Амырхъан къиIуэтэжауэ щыта «ЛIыжь нэфым и хъыбарым».
«ЩIэблэщIэ» Iыхьэм тетщ нэхъыфIу еджэ ныбжьыщIэ цIыкIухэм я сурэтхэмрэ ахэр дэзыгъэцIыху тхыгъэ кIэщIхэмрэ.
«Хъыбар кIэщIхэр» Iыхьэм традза «Гуэгушыр ныбжьэгъу зыхуэхъуар», «Жумэрэным къигъэшынащ» рассказ цIыкIухэр Мыз Ахьмэд и IэдакъэщIэкIщ.
АдэкIэ тетщ Хьэту Пётр и сабий усэхэр.
Сабий творчествэмкIэ республикэ унэм зи школ кIуэгъуэ мыхъуа цIыкIухэр еджапIэм зэрыщIэтIысхьэнум зэрыщыхуагъэхьэзырым щыгъуазэ фищIынщ ТекIужь Заретэ и тхыгъэм.
«Ди хабзэхэм я къежьэкIэр» Iыхьэм фыкъыщеджэнщ КъардэнгъущI Зырамыку итхыжа хъыбархэм.
«Жаншэрхъ» Iыхьэм Жыласэ Заур трыригъэдза «Кавказ Ищхъэрэм щытепщэхэр» тхыгъэр топсэлъыхь каратэмкIэ ди республикэм зыщызыгъасэ ныбжьыщIэхэм я ехъулIэныгъэхэм.
АдэкIэ итщ псалъэзэблэдз, адыгэ псалъэжьым траухуа «Къеджэ псалъэжьым» жыхуиIэр.
«Адыгэ фащэм сабийр егъэдахэ» псалъащхьэм щIэту къытрадзащ адыгэ фащэкIэ хуэпа хъыджэбз цIыкIухэм я сурэтхэр.
Абзуан Пщымахуэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29773.txt"
} |
ЩапхъэфI дыдэ
Зеикъуэ къуажэм бадзэуэгъуэм и 6-м зэIущIэ гъэщIэгъуэн щекIуэкIащ. Абы дэт курыт школ №2-м и пщIантIэм щызэхуэзащ а еджапIэр илъэс 60 ипэкIэ къэзыухауэ щыта гуп.
Зэхыхьэр къызэрагъэпэщащ Зеикъуэ къуажэ администрацэм илъэс куэдкIэ и унафэщIу щыта, хьэрычэтыщIэ Согуэ Анзор, республикэм фIыуэ къыщацIыху композитор, уэрэдус Щомахуэ Хьэсэнбий, зи гугъу тщIы курыт еджапIэм и директор Къумыкъу Аслъэн, а къуажэм дэт макъамэ школым и унафэщI Жылау Арсен сымэ, нэгъуэщIхэми.
ЯпэщIыкIэ нэхъыжьыфIхэр школ пщIантIэм щызэхуэсащ. Абыхэм, дауи, еджапIэр къызэраухрэ нобэ я щыпэзэхуэзэтэкъым, ауэ ахэр щызэрылъагъум я нэгум къища гуапагъэмрэ нэжэгужагъэмрэ умыгъэщIэгъуэн пхузэфIэкIынутэкъым. Псори зэхуэсагъэнкъэ иджы щыжытIэм, жыг жьауэр зытридзэ тетIысхьэпIэм деж щетIысэхахэр иджыри зыгуэр- хэм япэплъэу къыщIэкIащ. Мыгувэу «еджакIуэхэм» я егъэджакIуэхэри школ пщIантIэм къыдыхьащ. Ахэр республикэм фIыуэ къыщацIыху тхакIуэ цIэрыIуэ Къэрмокъуэ Мухьэмэдрэ Къэбэрдей-Балъкъэр радиом куэдрэ щылэжьа, журналист Iэзэ Дыкъынэ Хьэмидрэт. ЕгъэджакIуэхэм ящыщу Тутыкъу Абдулчэрими къыIухьэн хуеящ, ауэ абы и благъэ гуэр дунейм ехыжати, зэIущIэм къакIуэ хъуакъым.
— 1953 гъэм школыр къэзыухахэр илъэс къэс зэхуозэ, ауэ иджы ар тIэкIу нэхъ убгъуауэ ягъэлъэпIэну мурад ящIащ, — зэIущIэм щIидзэн и пэкIэ къыддогуашэ Согуэ Анзор. — Абы щыгъуэ зэдеджауэ щыта еджакIуэ 31-м ящыщу мы зэманым псэууэ къэнэжар цIыхуи 8-щ. Ахэр Къаскъул Iэубэчыр, Къазий Мухьэз, Къаскъул Зариф, Мэршэнкъул Хьэсэнбий, ХьэвцIыкIу Мухьэб, Щоджэн Гъумар, Щомахуэ Албэч, Къуэдзокъуэ Хьэсэн сымэщ.
Согуэ Анзор зэрыжиIэмкIэ, мыпхуэдэ зэхуэсхэр щIалэгъуалэм я гъэсэныгъэм и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэщ. А илъэсхэм зэдеджахэр фIыуэ зэрылъагъуу, гугъуехьхэр зэдашэчу, зэдэIэпыкъужу зэрыщытар нобэ псэухэм я дежкIи щапхъэфIщ.
— Зэман куэдкIэ узэIэбэкIыжмэ, зэдеджахэр дыщызэхуэсыжкIэ догуфIэ, — жеIэ Къаскъул Iэубэчыр. — Ауэ икIи тIэкIу дымынэщхъеи- ни тхузэфIэкIыркъым. Ар къыхокI абы щыгъуэ къыддеджауэ щытахэм ящыщ куэд зэрытщIымыгъужым. Дэ школым дыщыщIэтIысхьар 1943 гъэм и мазаерщ, нэмыцэхэр къуажэм дахужа нэужьщ. Зэтрамыкъутауэ къытхуагъэнар школ унэм щыщу пэш зыщыплIт. Япэ классым гугъуехь куэд щытшэчащ. Зэреджэ тхылъхэмрэ зэрытхэ Iэмэпсымэхэмрэ дрикъуртэкъым. Куэдыр газет кIапэхэм тетхыхьырт.
И гукъэкIыжхэмкIэ къыддогуашэ тхакIуэ Къэрмокъуэ Мухьэмэд:
— Нобэ сэ сыщыIэщ сыкъыщалъхуа Зеикъуэ, — жеIэ абы. — Едгъэджахэм дыкърагъэблэгъэжащ. Зэман дэкIащ. ФIыращ дигу къэкIыжыр. Мыхэр сэркIэ иджыри щIалэ цIыкIухэщ. Узыншэхэр Алыхьым куэдрэ игъэпсэу, лIахэм ахърэтыфI къарит. Къуажэр куэдрэ Тхьэм игъэузыншэ!
Ныбжьышхуэ къэзыгъэщIа Дыкъынэ Хьэмид и теплъэ-кIэ лIы къуэгъущ, зэпIэзэ- рытщ.
— ЕгъэджакIуэхэр дыщызэдэлажьэми, дызэгурыIуэ-дызэдэIуэжу дызэдекIуэкIащ, — жеIэ абы. — Зэи сщыгъупщэнукъым мы школым щызгъэкIуа махуэхэр, илъэсхэр. Тхьэм узыншагъэрэ насыпрэ къарит мы еджапIэм щылажьэхэмрэ щеджэ цIыкIухэмрэ!
ЗэIущIэм къекIуэлIахэм школым пэгъунэгъуу щыт Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъым удз гъэгъахэр тралъхьащ. ИужькIэ Щомахуэ Хьэсэнбий и IуэхущIапIэ-зыгъэпсэхупIэу Аргъеикъуэ дэтым зэхыхьэр къызэзыгъэпэща Согуэ Анзор нэхъыжьыфIхэр щигъэ-хьэщIащ.
Тхыгъэри сурэтри КЪУМАХУЭ Аслъэн ейщ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29778.txt"
} |
Театр гъуазджэм зрагъэужь
КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм къызэригъэпэщащ творческэ проектхэм я зэпеуэ. КъБР-м и Iэтащхьэм къыбгъэдэкIыу абы щытекIуэм иратынущ театр гъуазджэм и саугъэтыр.
Зэхьэзэхуэм ирагъэхьхэм хэплъэнущ КъБР-м и Iэтащхьэм театр гъуазджэм хухих саугъэтыр зыхуэфащэр гъэбелджылынымкIэ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм и советыр. Абы хэтщ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Фырэ Руслан, республикэм и Iэтащхьэм и чэнджэщэгъу Уянаевэ Iэминат, тхакIуэ цIэрыIуэхэмрэ жылагъуэ лэжьакIуэхэмрэ, къэрал театрхэм я унафэщIхэмрэ артистхэмрэ.
Советым хэтхэм къапэщытщ проектхэм хэплъэу, гъэщIэгъуэныр, щIэр, дунейпсо щэнхабзэм зэрыхэбгъэхьэну щIыкIэр зыгъэбелджылахэр наIуэ къащIыну. КъищынэмыщIауэ, Iуэхум къыхалъытэнущ проектым къызэщIиубыдэ гупхэм я бжыгъэр, а Iуэхур яфIэгъэщIэгъуэну еплъхэр зыхуэдизыр.
Зэпеуэм хыхьэну гукъыдэж зиIэхэр ар зэрекIуэкIыну щIыкIэм зыщагъэгъуэзэфынущ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм и сайтым (mkkbr.ru.).
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и жэрдэмкIэ, 2012 гъэм саугъэтищ — дэтхэнэри сом мин 500 хъууэ — щатащ, щIыналъэм и театрхэм я лэжьыгъэ нэхъ гъэщIэгъуэнхэм хуэкIуэу. Нэгъабэ екIуэкIа зэпеуэм кърикIуар къэплъытэмэ, пашэ хъуахэщ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ, Горький Максим и цIэр зезыхьэ Урыс драмэ, КъБР-м и Музыкэ театрхэр.
А саугъэтым и фIыщIэкIэ, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым щIэуэ щагъэувыжащ Толстой Алексей и «Пащтыхьымрэ пащтыхь гуащэмрэ» пьесэм къытращIыкIа спектаклыр.
КъБР-м и Iэтащхьэм и етIуанэ саугъэтымкIэ Горький Максим и цIэр зезыхьэ Урыс драмэ театрым игъэуващ «Пащтыхь Лир» спектаклыр.
Нарт хъыбархэр зи лъабжьэ «Ашэмэз и бжьамий» балетыр утыку къызэрырахьэным хуагъэхьэзыращ. Ар игъэуващ балетмейстер, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ПащIэ Рамед.
АЙДАБОЛОВЭ Софият.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29781.txt"
} |
Дыщэм ефIэкI хъугъуэфIыгъуэ
Зэщхьэгъусэхэр зэрызэдэпсэурэ илъэс 60 мэхъу щыжыпIэкIэ, языныкъуэхэми я фIэщ хъущэркъым, ар зы гъащIэ псом иралъытри. Ди гуапэ зэрыхъунщи, щыIэщ апхуэдэ насып къызэуалIэхэри.
Хьэсэнбийрэ Женярэ, я щIэблэр я гъусэу.
Шэч хэмылъу, я хьэгъуэлIыгъуэр зэрызэхэтрэ илъэс 60 щрикъур щхьэусыгъуэ дахэщ унагъуэр зэрыщыту узэхуэсыну: бынхэри, абыхэм я быныжхэри, абыхэм къащIэхъуэжахэри зы Iэнэм упэрысу нэхъыжьыфIхэр бгъэгушхуэну. Апхуэдэ Iуэху дахэ хэплъащ Лэскэн ЕтIуанэ къуажэм щыпсэу зэщхьэгъусэхэу Къумыкъухэ Хьэсэнбийрэ Женярэ (Мэшыкъуэхэ япхъущ). Абыхэм къатепщIыкIахэр зэхуэсыжри ехъуэхъуащ илъэс 60 гъуэгуанэ дахэ къызэрызэдакIуам папщIэ. Апхуэдэ махуэ лъапIэм ирихьэлIэу гум къэбгъэкIыжыныр куэдщ: щIалэгъуэри, лэжьыгъэри, ехъулIэныгъэхэри, гукъеуэхэри…
Хьэсэнбийрэ Женярэ зэрызэрыцIыхуар а зэманым зи щIалэгъуэр ирихьэлIахэм яйм куэдкIэ къыщхьэщыкIыртэкъым: зэгъунэгъу къуажэхэм щыпсэурт, иужькIэ райцентрым зэгъусэу щылэжьащ, зэрыцIыхуащ, зэгуэкIуащ, зэрышащ, бынхэр яIэ хъуащ.
Зауэ нэужь зэман хьэлъэм зи сабиигъуэр хиубыда дэтхэнэми ещхьу, абыхэм мурад дахэхэр яIэт. Женя фIы дыдэу икIи зыкIи къытемыхьэлъэу еджэрт. Адыгэ литературэр, псом хуэмыдэу усыгъэр, зыпищI щыIэтэкъым, и гъащIэр театрым ирипхыну щIэхъуэпсырт. Сыхьэт бжыгъэкIэ гъуджэм кIэрытыфынут ЩоджэнцIыкIу Алий и поэмэ фIыуэ илъагъум щыщ Iыхьэхэм къеджэу. АрщхьэкIэ и адэ-анэм къыхуадакъым. Ар игъэзэкIуэж щIыкIэу, и адэм «Лацэ» цIэ лейр фIищат и пхъум. Дауэ мыхъуми, иужькIэ Женя щэнхабзэм ехьэлIа щIэныгъэ зригъэгъуэтащ, Налшык и культпросвет училищэм и библиотекэ къудамэм щIэтIысхьэри. ЕджапIэр къиухри, ар илъэс 29-кIэ къуажэ библиотекэм щылэжьащ.
Хьэсэнбий и гъащIэр апхуэдэу захуэу екIуэкIакъым. Къэбэрдей-Балъкъэрым нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэр ирахужа иужь, щIэныгъэм хуэнэхъуеиншэ щIалэ цIыкIур хуабжьу еджэну хуеят, арщхьэкIэ абы и пIэкIэ жэмкIэ вэн хуей хъуащ. ЕрагъкIэ классибл еджапIэр къиухащ, еджэнри лэжьэнри гугъу ехьу зэдихьу. ИтIанэ агрономхэр щагъэхьэзыр курсхэр къиухри, Хьэсэнбий Урыху МТС-м учетчикыу, агроному, иужькIэ Лэскэн райпом и складым и унафэщIу лэжьащ. Унагъуэ хъуауэ, бухгалтер школ къиухыжри, илъэс 26-кIэ Лэскэн ЕтIуанэ къуажэ советым и бухгалтеру лэжьащ.
ГъащIэр, зэрыгурыIуэгъуэщи, матэ щIэдзакъым. ИлъэсипщI бжыгъэхэм къриубыдэу куэд ялъэгъуащ абыхэм: зэщыхьащ, зэкIужащ, арщхьэкIэ, Женя зэрыжиIэщи, зэбгъэдэкIыжыным Iуэхур зэи нэсакъым.
— ДызыIууа лъэпощхьэпохэм емылъытауэ, гъащIэ насыпыфIэ къэдгъэщIауэ къызолъытэ, — жеIэ Женя. — Унагъуэр тфIэлъапIэт, иджы хуэдэу псынщIэу, зэ зэщыхьэгъуэм зэбгъэдэкIыжхэр а зэманым мащIэт. Iуэху къиинхэр зэгъусэу зэтедуIэфIэу, мыхъумэ — тшэчу драгъэсати арат, зэбгъэдэкIыжхэр щIэмащIэр. Хьэсэнбийрэ сэрэ псалъэншэу дызэгурыIуэрт, езыр унагъуэм щынэхъыщхьэт, зыхуей-зыхуэфI псомкIи дыкъызэзыгъэпэщри арат. Иджыпсту сыт — лIы къалэныр цIыхубзым и пщэм дилъхьэжащи, цIыхухъум я нэхъыбэр абы арэзы техъуауэ щысщ.
Хьэсэнбийрэ Женярэ япхъу нэхъыжь Людмилэ игу къегъэкIыж:
— Хуэкъулейуэ (иджыпсту ар зыхалъагъуэ мылъкурщ жыхуэсIэр) зэи дыщытакъым, ауэ икIи зэи шхынрэ щыгъынрэ дыщагъэщIакъым ди анэ-анэм. Мамэ сыт хуэдэ Iуэхуми хунэсырт: пщэфIэнми, унэ зэлъыIухынми, и гуащэ-тхьэмадэр арэзы щIынми — ди адэр быным ямынэхъыщIэ пэтрэ ахэр зыдэпсэур дэрат. Ар псори мамэ и лэжьыгъэм зэран хуэмыхъуу игъэзэщIэфырт, бэшэчагъ зыхэлъ цIыху жыIэдаIуэти. Зы щапхъэ къэзгъэлъэгъуэнщ: ди адэшхуэр псэуху (ар дунейм щехыжар 1978 гъэрщ, и ныбжьыр илъэси 103-м иту) мамэ зэи жэщ щыIэну и дыщ кIуэжакъым, тхьэмадэм фIэфIтэкъыми. Ди адэр и къуэшищымрэ и шыпхъумрэ зэратеубгъуам, сытым дежи зэрадэIэпыкъум щхьэкIэ зы псалъэ жиIэртэкъым, анэкъилъхур зищIысыр псалъэншэу къыгурыIуэрт. ЖызоIэри, гугъуехь Iэджэм пхыкIащ ахэр, ауэ зэпымыууэ зэгъусэт, зэрыIыгът, гуауэри гуфIэгъуэри зэдагуэшырт. Аращ унагъуэ быдэ щIаухуэфари.
Къумыкъу зэщхьэгъусэхэм быний — Мухьэмэд, Людмилэ, Мухьэдин, Пщызэбий, Тамбий, Кушбий, Люзэ, Заур — ягъэсащ. ГъащIэм фIыуэ зэрыхащIыкIым, зэрыцIыху Iущым и фIыгъэкIэ, абыхэм адэ-анэр чэнджэщэгъурэ щIэгъэкъуэн нэсрэ яхуэхъуащ. Я бынхэм ящыщу хым щIэныгъэ нэхъыщхьэ ирагъэгъуэтащ.
Къуэ нэхъыжь Мухьэмэд блэкIам хэплъэжурэ жеIэ:
— Кушбий Афганистаным щыщыIа илъэситIым сыт хуэдиз нэпс щIигъэкIа ди анэм. Абы и гум щыхъэр щхьэщысхын си гугъэу, си къуэшыр дзэ Iуэхухэм щыхуагъасэ школыр здэщыIэ Термез тIэу сыкIуат. Сымыгъэгузэвэн хьисэпкIэ, Кушбий зэуапIэм Iумыту, гъунапкъэр ихъумэу жесIэрт, ауэ анэгур къыпхуэгъэпцIэнт?! ИтIани, лIыгъэ хэлъу и гуныкъуэгъуэр тщигъэпщкIурт мамэ.
Хьэсэнбийрэ Женярэ я бынхэр псори унагъуэу ягъэтIысыжащ, абыхэм я быну 16 ялъэгъуащ, абыхэм къащIэхъуэжхэр зэкIэ 15 мэхъу. Хьэсэнбий и лъагъуэм ирикIуауэ бухгалтер IэщIагъэм иролажьэ и къуэхэу Мухьэмэд (и щхьэгъусэри бухгалтерщ), Мухьэдин, Кушбий, Заур сымэ, ипхъу Люзэ, къуэрылъху-пхъурылъхухэу ФатIимэ, Индирэ, Маринэ, Алим, Аскэр. Мухьэмэдрэ Кушбийрэ республикэм и IуэхущIапIэ инхэм я бухгалтер нэхъыщхьэщ, Люзэ илъэс 15-м щIигъуауэ Налшык и Налог IэнатIэм щолажьэ. Людмилэ КъБКъУ-м и тхыдэ-филологие факультетыр къиухащ, илъэсипщIкIэ школым щылэжьащ, иджыпсту КъБР-м и Архив IуэхущIапIэм иджырей тхыдэмкIэ и центрым и управленэм дэфтэрхэр къэгъэсэбэпынымкIэ и къудамэм и унафэщIщ. Пщызэбий Лэскэн районыр газкIэ къызэзыгъэпэщ IуэхущIапIэм щолажьэри, и гулъытэрэ зэхэщIыкIкIэ цIыхухэм я пщIэ къилэжьащ. Тамбийрэ и щхьэгъусэ Эммэрэ хьэрычэтыщIэщ.
Къумыкъу зэщхьэгъусэхэр тIури зэхэту зэрылэжьа илъэс 84-м къриубыдэу абыхэм къыхуагъэфэщащ дамыгъэ, щIыхь тхылъ куэд. Псалъэм и хьэтыркIэ, я унэ архивым абыхэм щахъумэ «Лэжьыгъэм и ветеран» щIыхьыцIэм и тхылъыр, «Хэку зауэшхуэм щызэрахьа лIыгъэм папщIэ» медалыр, ТекIуэныгъэ Иным и юбилей медалхэр, Женя «Анэм и щIыхь» медалри къыхуагъэфэщащ. Ауэ Хьэсэнбийрэ Женярэ я къулеигъэ нэхъыщхьэр я гъащIэ псом яхузэфIэкIар зыхалъхьа я бынхэрщ. Жьыми щIэми пщIэ зыхуащI цIыхущ ахэр, Лэскэн ЕтIуанэ къуажэм щIыхь зиIэ и нэхъыжьыфIщ.
Я нэхэм гуфIэгъуэ нэпсхэр къыщIэлъэдауэ, а тIур хэплъэрт зэхуэсыжа я бынхэмрэ абыхэм я быныжхэмрэ. Гуапэ лей ящыхъуащ я къуэрылъху-пхъурылъхухэм макъамэ щIэту жаIа хъуэхъур, апхуэдэуи я бынхэмрэ абыхэм я щхьэгъусэхэмрэ, къуэрылъху-пхъурылъхухэмрэ абыхэм я щхьэгъусэхэмрэ я сурэтхэр зэрыт унагъуэ жыгыр зэращIар.
Къумыкъухэ я унагъуэшхуэр гуфIэгъуэ Iэнэм пэрысыхукIи иужькIи псалъэ гуапэ куэд зэхрагъэхащ зэщхьэгъусэ Iумахуэхэм. Абыхэм фIыщIэ хуащI губзыгъэу дунейм тета, унагъуэм теубгъуауэ зи гъащIэр зыхьа адэ-анэм.
ИСТЭПАН Залинэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29783.txt"
} |
Псэм и хуабагъэр хызолъхьэ
ЛIэщIыгъуэм и лIыхъужьхэри къыдоунэхуж. АР-м, КъБР-м, КъШР-м я цIыхубэ тхакIуэ, СССР-ми УФ-ми я Къэрал саугъэтхэм, Шолоховым и цIэр зезыхьэ, ДАХ-м я саугъэтхэм я лауреат МэшбащIэ Исхьэкъ ди зэманым и лIыхъужьщ. Лъэпкъ литературэм лIитI щащIэн хэзылъхьа тхакIуэм и Iэдакъэ къыщIэкIа тхыгъэхэм цIыху зэхущытыкIэр, лъэпкъ гуауэр, тхыдэр екIуу щызэхэухуэнащ. Аращ ахэр щIэщыгъуэ, гъэщIэгъуэн зыщIри.
Шу емылыджым тес зэманымрэ лэжьыгъэмрэ къэзыгъэIурыщIа тхакIуэ гуащIафIэм и тхыгъэхэм лъэпкъым и блэкIар сурэтыщI Iэзэу уи нэгу къыщыщIегъэувэ. ТхакIуэм дежкIэ нэхъапэр щIэджыкIакIуэ иIэнырщ, абыхэм зэхащIыкIынырщ. ЗэманыщIэм къыщыхъу щIэблэр блэкIам щIоупщIэ, я адэжьхэм я дуней тетыкIар, абыхэм я хьэл-щэныр, теплъэр я нэгум къыщIагъэувэну хэтщ. МэшбащIэ Исхьэкъ и тхыгъэ-хэр абыкIэ сэбэпышхуэщ.
Ар зэрытхакIуэ Iэзэм къищынэмыщIауэ икIи цIыху гъэщIэгъуэнщ. Зэрытхэм хуэдэу мэпсэу, зэрыпсэум хуэдэу матхэ.
КъызэтепщIыкIыу акъыл гъэтIылъа зиIэ, удэзыхьэх хъыбар гъэщIэгъуэнхэр къызэрыбжиIэжым къыдэкIуэу, медан къэс гуапагъэ къызыбгъэдэкI, лъэпкъым и фIи и гуауи и тхыгъэхэмкIи, и гъащIэмкIи зыгъэва тхакIуэм а псори философие куум хуигъакIуэу мэпсалъэ. Псалъэ лей Iэпымыхуу, и щытыкIэкIи и псэлъэкIэкIи акъыл хэлърэ жиIэм нэ-хърэ куэдкIэ нэхъыбэ зэрищIэр къыбгурыIуэу апхуэдэщ Исхьэкъ.
КъэхъугъэкIэ бей гъащIэм цIыхум зыгуэр ебгъэгъэщIэгъуэн, къэбгъэуIэбжьын папщIэ, куэд пхузэфIэкIын хуейщ. Апхуэдэ зэфIэкI бгъэдэлъщ МэшбащIэм. НобэкIэ зэлэжьым, и тхыгъэщIэхэм теухуауэ Исхьэкъ упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащ.
МэшбащIэ Исхьэкъ — Илъэс бжыгъэ блэкIам укIэлъыплъыжу уи IэдакъэщIэкIхэм уахэплъэжри, дэ зэрытщIэмкIэ, том 16 хъууэ уи лэжьыгъэхэр къыдэбгъэкIыжыну мурад пщIащ. Абы щыщу мы гъэм тхылъ дапщэ бгъэхьэзырыну?
— Мы гъэм тхылъиплI къыдэзгъэкIыну си мурадщ, абыхэм ящыщу тIур усэ тхылъщ, тIур прозэщ. Абы къыкIэлъыкIуэнущ публицистикэри. Тхылъ пщыкIухри къызэрыдэкIынур адыгэбзэщ. Роман пщыкIух хэзгъэхьауэ аращ мы къыдэкIыгъуэхэм.
— Иужьрей зэманым сытым уелэжьрэ, щIэуэ птхаIа?
— «Изгнанники» жыхуиIэ романыр хьэзырщ, ар адыгэбзэкIи къыдэкIынущ. Мыбыхэм я лъабжьэр тхыдэращ, и пкъыр а тхыдэм къыхэсха хъыбар защIэкIэ зэфIэзгъэуващ. Кавказ зауэм и кIэухращ ар нэхъ зытегъэщIар, нэхъ пэжу жыпIэмэ, иужьрей илъэситхур (1859 — 1864 гъгъ.) къызэщIеубыдэ.
— УщымыгуфIыкIынкIэ Iэмал имыIэу, иужьрей зэманым уи тхылъ куэд дунейм къытехьащ. Уэ къызэрыплъытэмкIэ, сыт хуэдэ IэдакъэщIэкIра нэхъыбэу узыхуэарэзыр?
— Пэжыр жысIэнщи, абы и жэуапыр схуетыну къыщIэкIынкъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, сэ лэжьыгъэр стхырэ зэзгъэтIылъэкIамэ, абы лейуэ сегупсысыжуи ар згъэвыжынуи иужь ситкъым, абы есхьэлIэну къарури зэманри абдеж щызэфIэкIащ. «Хэкум ирахуахэр» романыр, сэ къызэрыслъытэмкIэ, лъэпкъыр зыхуеин, къыхуэсэбэпын гуэрщ, дунейм ехыжахэм, а мафIэ лыгъэм хэкIуэдахэм я фэеплъщ. А Iуэхум сызэреплъыр къэзгъэлъэгъуэн хуейти — цIыхухэм я пащхьэ къисхьащ.
— Исхьэкъ, тхакIуэ къэс езым и лэжьэкIэ иIэжщ, ущытхэр пщэдджыжьра хьэмэрэ пщыхьэщхьэра?
— Сэ зэи лэжьапIэм си щхьэ IуэхукIэ сыщылэжьэфакъым икIи сыщылэжьэну иужь сихьэнукъым. Сыт щыгъуи сыщытхэр пщэдджыжьыпэрщ. СыхьэтитI-щы солажьэри, итIанэ си IэнатIэм сокIуэ. Пщэдджыжьым стхам пщыхьэщхьэм сыхэплъэжу си хьэлщ.
Сэ сызэрытхэр адыгэбзэщ, нобэр къыздэсым къэзгъэсэбэпыр къалэм къызэрыгуэкIщ, компьютери машинки зэи сиIакъым. НэгъуэщIу жыпIэмэ, псэ зыхэмылъ гъущIыкIэхэмкIэ сытхэркъым, си Iэм, си псэм я хуабагъэр хэслъхьэу къалэмыр сIыгъмэ, нэхъ къызощтэ.
— Усэ тхыным дауэ ухущыт, ар нэхъ япэ ибгъэщрэ хьэмэрэ иужь къибгъанэрэ?
— Зи гугъу сщIы тхылъхэм мы гъэм къэсыху стхауэ усэ итщ. Си япэ усэр 1945 гъэм стхауэ щытащ, нобэм къэсыху абы сепцIыжыфакъым. Прозэ щыстхым деж гупсысэ гуэрхэр щхьэхуэу къыспкърохьэри, ахэр адрей псоми «яхызогъэтIылъыкI», иужькIэ а згъэтIылъам сыкIэлъыгупсысэж зэпытщ, псори зэхуэзгъэкIуауэ къысщыхъумэ, сотIысри усэ сотх. Си япэ тхылъхэр усэ тхылъу щытащ, мы гъэм илъэс хыщI ирокъу ахэр дунейм къызэрытехьэрэ.
— Уэ литературэ институтым ущеджащ, абы уи гъусэу щIэсащ ди адыгэ щIалэ гуп…
— Литературэ институтым сэ къыщыздеджащ ныбжьэгъу пэжу сиIа тхакIуэ гъэщIэгъуэнхэу Шэвлокъуэ Пётр, Къущхьэ СулътIан, Мысачэ Пётр, Елгъэр Кашиф сымэ. Хуабжьу си гуапэщ литературэ институтым апхуэдэ цIыху гъэщIэгъуэнхэм, щэджащэхэм си гъащIэр зэрыпищIар.
А зэманым усыгъэм и дерсхэр диIэт, дезыгъаджэр журналист цIэрыIуэ Захарченкэ Василийт. Ар езыр цIыху къызэрымыкIуэт. Абы и семинарым цIыху пщыкIутI дыщIэсу арат. Хэт ахэр жыпIэмэ, къыпхуезбжэкIынщ: Мысачэ Пётр, Евтушенкэ Евгений, Ахмадулинэ Беллэ, Абубакан Ахьмэдхъан сымэ, нэгъуэщIхэри. А цIыху пщыкIутIым щыщу 8-м литературэ институтыр ехъулIэныгъэфIхэр диIэу къэдухат. ЕгъэджакIуэфIт ар ди дежкIэ, куэдым дыхуигъасэрт, дыхуиущийрт. Нобэр къыздэсым абы и сыным Iэ дэслъэну, сыбгъэдэтыну сокIуэ. Си гъащIэм увыпIэшхуэ щиубыду щытащ а цIыхум. Литературэ институтыр цIыкIу щхьэкIэ, щIэныгъэшхуэ зыщIэлъ IуэхущIапIэщ. А зэманым къэсщIамрэ зыхэсщIамрэ си пкъым итIысхьауэ нобэр къыздэсым къыздызохьэкI. Лъэпкъ IуэрыIуатэр, КIэрашэ Тембот, КIыщокъуэ Алим, ЩоджэнцIыкIу Алий, Хьэткъуэ Ахьмэд сы- мэ я лэжьыгъэр си гъуазэщ.
— Иджы уи жылагъуэ Iуэхухэм я гугъу уэзгъэщIынут.
— Сэ езыр сыкъыщалъхуар Щхьэщэхуж къуажэращ. 1944 гъэм комсомол зэгухьэныгъэ къызэгъэпэщын хуейуэ къагъэуващ. Абы дызэрыхыхьэу, ди школым и комсомол зэгухьэныгъэм и секретару сыхахауэ щытащ. Мис абдеж къыщежьауэ жыпIэ хъунущ си жылагъуэ лэжьыгъэр. Абы и ужькIэ педучилищэм щыIэ комсомол зэгухьэныгъэм и секретарым и къуэдзэу сыщытащ. Литературэ институтым и студент комитетым и нэхъыщхьэу, институтым и партбюром сыхэтащ.
Мейкъуапэ къэзгъэзэжу газетым илъэситIкIэ сыщылэжьауэ, зы пщэдджыжь гуэрым лэжьапIэм сыкъокIуэри, ЩIыпIэ советым и депутату сызэрыхахар къызжаIэ. 1958 гъэм щыщIэдзауэ 1991 гъэ хъуху СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм сыхэтащ. Сызэрыдепутатым щхьэкIэ цIыху куэдым лъэIукIэ зыкъысхуагъазэрт. Си анэм: «ЛъэIукIэ зыкъыпхуэзыгъазэм удэмыIэпыкъуфынуми, нэгъуэщI мыхъуми, къыщIэкIуам едаIуи, ущIыдэмыIэпыкъуфынур гурыгъаIуэ», — жиIэу щытащ. Ар гъащIэ гъуазэу сиIащ. Нобэр къыздэсым цIыхухэр къызокIуалIэ, икIи, си къару къызэрихькIэ, дэтхэнэми сэбэп сыхуохъу.
— А псом къищынэмыщIауэ, УФ-м и Жылагъуэ палатэм ухэтщ…
— ЖызыIэ щыIэщ тхакIуэр жылагъуэ Iуэхухэм хэтын хуэмейуэ. Ауэ тхакIуэр гъащIэм и къуэгъэнапIэ псоми нэ жанкIэ дэплъэфу, илъагъуу щытын хуейщ. ЦIыхум я гукъеуэмрэ зыхуэныкъуэмрэ ищIэу, къыгурыIуэу, иунэтIыфу.
— Адыгэ Республикэм и ТхакIуэхэм я союзым и правленэм куэд щIауэ уритхьэмадэщ…
— Нэгъабэ илъэс 50 ирикъуащ.
— Фи Iуэхухэр зытетым утезгъэпсэлъыхьынут.
— ТхакIуэхэм я союзым цIыху 37-рэ хэтщ. Илъэс къэс тхакIуэ ныбжьыщIэхэр зыхэт зэIущIэхэр идогъэкIуэкI. Апхуэдэхэм деж дэ къытхуоблагъэ цIыху 30 — 40. Абы хэта дэтхэнэми ЩIыхь тхылъхэр идотыж, щхьэхуэу я цIэ идоIуэ, зи тхыгъэ теддзэхэри щыIэщ. Зэхыхьэм къекIуэлIахэр ныбжькIэ щыуэ зэщхьэщыдогъэкIри (илъэс 16 — 20, илъэс 20 — 25-рэ, илъэс 25-рэ — 30), зэрытхузэфIэкIкIэ, мылъкукIэ защIыдогъакъуэ, я цIэ къыхыдогъэщ.
Ди жагъуэ зэрыхъунщи, япэрауэ, адыгэбзэкIэ тхэр мащIэ хъуащ, етIуанэрауэ, куэдкIэ узыщыгугъын зэрахэмытым къыхэкIкIэ, зэкIэ зыри къысхухэгъэщынукъым. А псоми я щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэу къэслъытэр ди щIалэгъуалэр тхылъ зэремыджэжырщ.
— Тхьэм уигъэпсэу, Исхьэкъ. Иджыри куэдрэ утхуэузыншэну, уи тхыгъэ купщIафIэхэмкIэ лъэпкъыр бгъэгуфIэну ди гуапэщ.
Епсэлъар Щомахуэ Залинэщ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29787.txt"
} |
Шэт Ирмэ къыхелъхьэ
КъБР-м узыншагъэр хъумэнымрэ курортхэмкIэ и министр Шэт Ирмэ жиIащ республикэм и неврологие IэнатIэр езым и нэIэм зэрыщIигъэтынур.
Министр Шэт Ирмэ куэдым щыгъуазэ зищIащ. Иджыблагъэ ар щыIащ Республикэ клиникэ сымаджэщым и неврологие къудамэм. Мы гъэм и щэкIуэгъуэ мазэм абы къыщызэIуахынущ Лъынтхуэ узыфэхэм щеIэ- зэ центр. Дохутырхэмрэ КъБКъУ-м и кафедрэм и неврологхэмрэ я гъусэу министрыр сымаджэ зыбжанэм еплъащ, абыхэм я узыфэр зыхуэдэми фIыуэ щыгъуазэ зищIащ. Языныкъуэхэм я узыншагъэр иджыри зэ къапщытэну яхуигъэуващ.
Республикэм мелуан зыбжанэ зытригъэкIуэда, щIэуэ яухуэ, Лъынтхуэ узыфэхэм щеIэзэ центрым и дохутырхэм Iэзагъ лъагэрэ зэфIэкI инрэ ябгъэдэлъын, щыIэ мардэхэм тету лэжьэн зэрыхуейр яжриIащ Шэтым. Дэтхэнэ зы сымаджэми щхьэхуэу и узыфэр къахутэу, абы тещIыхьауэ IуэхущIапIэм къищэху хущхъуэ лъапIэ- хэр тэмэму къагъэсэбэпыфу Iэмал имыIэу зрагъэсапхъэщ дохутырхэм. Апхуэдэу министрым ахэр къыхуриджащ я щIэныгъэм адэкIи зрыхагъэхъуэным гулъытэ нэхъ хуащIыну, абы ипкъ иткIэ, КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымрэ курортхэмкIэ и министерствэм къригъэблагъэ IэщIагъэлI цIэрыIуэхэм я лекцэхэм фIыуэ зыщагъэгъуэзэну.
Инсульт зиIэхэр сымаджэщым псынщIэу нэгъэсыным теухуа Iуэхури зэIущIэм къыщаIэтащ. Абы теухуауэ министрым неврологиемкIэ къудамэм и унафэщIым пщэрылъ щищIащ зэман гъунэгъум къриубыдэу неврологиемкIэ кафедрэм и лэжьакIуэхэм я гъусэу «ДэIэпыкъуэгъу псынщIэм» щыIэхэм папщIэ лекцэхэр къызэрагъэпэщыну. Абыхэм псынщIэу къащIэфу щытын хуейщ инсультым и нэщэнэхэр, узым зимыужь щIыкIэ сымаджэм зыхуеину дэIэпыкъуныгъэр иратын папщIэ икIи замыгъэгувэу ар Лъынтхуэ узыфэхэм щеIэзэ центрым нэгъэсыпхъэщ. Я лэжьыгъэм къыщагъэсэбэпын папщIэ министрым къудамэм и лэжьакIуэхэм яритащ езым и лекцэхэри.
— Лъынтхуэ узыфэхэм щеIэзэ центрымрэ «ДэIэпыкъуэгъу псынщIэ» IуэхущIапIэмрэ я зэдэлэжьэныгъэр иджыпсту щыщIэдзауэ зэтеублэн хуейщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ цIыхур тэмэму гъэхъужыныр куэдкIэ елъытащ сымаджэм игъуэт япэ дэIэпыкъуныгъэм, — жиIащ Шэт Ирмэ. — Инсульт зиIэ сымаджэр къегъэлыныракъым дэ ди къалэн нэхъыщхьэу щытыпхъэр, атIэ ар ныкъуэдыкъуэу къэмынэн, лъэ быдэкIэ гъащIэм хэувэжыфын папщIэ тхузэфIэкI псори длэжьын хуейщ.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, КъБР-м узыншагъэр хъумэнымрэ курортхэмкIэ и министр Шэт Ирмэ неврологщ, медицинэ щIэныгъэхэм я кандидатщ, 2004 гъэм щегъэжьауэ 2012 гъэ пщIондэ Пирогов Н. И. и цIэр зезыхьэ Урысей къэрал медицинэ университетым медико-биологиемкIэ и къудамэм фундаментальнэ, клиникэ неврологиемкIэ и кафедрэм и доценту щытащ.
Щомахуэ Лилэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29791.txt"
} |
ЩIыналъэхэм щыпсэухэм я зэныбжьэгъугъэр ягъэбыдэ
Беларусь Республикэм и Бобруйск къалэм мэкъуауэгъуэм и 27 — бадзэуэгъуэм и 3-хэм щекIуэкIащ цIыхубэ творчествэмкIэ «Зэныбжьэгъугъэм и удз гъэгъа Iэрамэ» епщыкIузанэ дунейпсо фестивалыр. Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ я цIэкIэ а зэхыхьэм зыкъыщигъэлъэгъуащ Лэскэн муниципальнэ щIыналъэм уэрэдымрэ къафэмкIэ и «Анзорей» ансамблым. Ди щIыналъэм и лIыкIуэхэм я унафэщI, Лэскэн район администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Бажэ Дотий фестивалыр зэрекIуэкIам журналистхэм къытхутепсэлъыхьащ, ди упщIэхэми жэуап къаритащ.
ХьэщIэхэр утыку кърашэ. Япэ итхэр адыгэхэмрэ словакхэмрэщ. Бажэ Дотий къызэрыджиIамкIэ, мы зэхыхьэр къызэзыгъэпэщахэм я мурадыр лъэпкъ зэхущытыкIэхэм зегъэужьынырщ, ар гъэбыдэнырщ, къадекIуэкI щэнхабзэ, гъуазджэ хъугъуэфIыгъуэхэмкIэ зэхъуэжэнырщ.
Зэхыхьэм илъэс къэс нэхъ зеубгъу. Нэгъабэ мы фестивалым зыкъыщагъэлъэгъуащ Белоруссием, Венесуэлэм, Индием, Ираным, Китайм, Латвием, Литвам, Молдовэм, Польшэм, Урысейм, Словакием, Тыркум, Украинэм, Франджым, Эстонием щыщ артистхэм. Мыгъэрей фестивалым щIыналъэ нэхъыбэ — къэрал 16-м и гуп 31-рэ — къыхыхьащ. Урысейм щыщу абы кIуащ Владимир, Курск, Наро-Фоминск, Санкт-Петербург, Псков, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыщ гупхэр. Япэу мы гъэм абы къахыхьащ Бельгием, Черногорием, Куржым, Израилым, Къэзахъстаным, Германием къикIахэр.
— Къэбэрдей-Балъкъэрым икIахэр мэкъуауэгъуэм и 27-м пщэдджыжьым жьыуэ Бобруйск дынэсащ. МафIэгум дыкъызэрикIыу, къалэ администрацэм щэнхабзэмкIэ и къудамэм и лэжьакIуэхэу Уства Натальерэ Миткевич Ольгэрэ къытпежьэри, гуапэ дыдэу драгъэблэгъащ. Абы къыдаха хьэщIагъэмрэ къыткIэлъызэрахьа хабзэмрэ ятепщIыхьмэ, а щIыналъэм исхэр цIыху гуапэщ, хьэщIэм пщIэшхуэ хуэзыщIхэщ. Ар и щыхьэтщ Беларусь Республикэмрэ ди къэралым ис нэхъыжьхэмрэ нэхъапэм яку дэлъа зэхущытыкIэ дахэр иджыри зэрымыкIуэдыжам. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и тхыдэм теухуа тхылъхэр, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд къыдигъэкIа махуэгъэпсхэр, Белоруссием и ТхакIуэхэм, и Журналистхэм я союзхэм хэт, Дзержинск къалэм къыщыдэкI «Узвышша» газетым и редактор нэхъыщхьэ Стельмах Еленэ «Литературная Кабардино-Балкария» журналым и редактор нэхъыщхьэ Тхьэзэплъ Хьэсэн Белоруссиемрэ ди щIыналъэмрэ щыпсэухэм яку дэлъ зэныбжьэгъугъэм, зэпыщIэныгъэм, белорусыбзэмрэ адыгэбзэмрэ хэт языныкъуэ псалъэхэм я лъабжьэр зэрызэтехуэм теухуауэ къыхуигъэхьа тхыгъэхэр зэрыхуа журналым и номерхэр, саугъэтхэр бысымхэм тыгъэ щахуэсщIым хуабжьу щыгуфIыкIащ, — жеIэ Дотий. — Фестивалыр къыщызэIуахащ Бобруйск къалэм дэт, цIыху мин 12 зыщIэхуэ Ледовэ унэм. «Анзорей» ансамблым хэт щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ екIуу утыку итащ. КъищынэмыщIауэ, Бобруйск къалэм, абы и паркхэм къыщыфащ, цIыхушхуэ кърихьэлIэу. Къэбгъэлъагъуэмэ, сменитIу лажьэ промышленность псынщIэм и зы IуэхущIапIэми ди гупым концерт щитащ. Зэрагугъа дакъикъэ 40-м и пIэкIэ ар зы сыхьэтрэ дакъикъэ 20-кIэ екIуэкIащ. Абы иужькIэ Михалёвэ къалэ цIыкIуми ди къэфакIуэхэм зы сыхьэтрэ ныкъуэкIэ концерт щатащ.
Уэркъ къафэ. Лъэпкъ шхыныгъуэхэм я гъэлъэгъуэныгъэ япэ пщыхьэщхьэм къызэIуахащ. Ди щIыпIэм икIахэм абы мэлыл гъэжьа, мэжаджэ, кхъуей, лэкъум, IэфIыкIэхэм щыщу тхъурыжь, хьэлыуэ, зэкIэрыс, ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэм къыдекIуэкI махъсымэ жыпIэми, ерыскъыхэкI лIэужьыгъуэхэр яшащ. Гъэлъэгъуэныгъэр къызэзыгъэпэщахэм шхыныгъуэхэм я IэфIагъ-гурыхьагъкIэ къапщыта нэужь, «Визитка» зыфIаща концертыр екIуэкIащ. Гупхэм зэрызэ фIэкIа абы зэрызыкъыщамыгъэлъэгъуар къэплъытэмэ, тIэунейрэ къэфа, кърихьэлIахэм Iэгуауэшхуэ зыхуаIэта «Анзорей» ансамблым и кIэн къикIауэ жыпIэ хъунущ.
Бобруйск щыIэ лъахэхутэ музейм къыщызэIуаха «От фестиваля к фестивалю» сурэт гъэлъэгъуэныгъэм епщыкIузанэу мы гъэм екIуэкI зэхыхьэм и тхыдэр къыщыгъэлъэгъуат. Псом хуэмыдэжу анзорейдэсхэм ягу ирихьат зэхыхьэм хэт гупхэм ягъэува лъэпкъ пщIантIэхэр. Абы лъэпкъхэм къадекIуэкI IэпщIэлъапщIагъэр, зэфIэкIхэр щынэрылъагъут, тхылъ гъэлъэгъуэныгъэхэр къыщызэрагъэпэщат. Узыншагъэр егъэфIэкIуэным теухуа зэхыхьэхэр, зэпеуэ, джэгукIэ гъэщIэгъуэнхэр щыIащ. Ди щIыналъэм икIа гупыр жыджэру хэтащ декоративно-прикладной гъуазджэм и «Венок в подарок фестивалю» зэпеуэми. Фестивалым и дамыгъэ нэхъыщхьэу ягъэува удз гъэгъа Iэрамэр абы хэт ныбжьыщIэхэм езыр-езыру ящIащ. «Анзорей» ансамблыр а зэхьэзэхуэм етIуанэу къыщалъытащ. Япэ увыпIэр Къэзахъстаным и гупым лъагъэсащ. Германиемрэ Тыркумрэ я артистхэр ещанэ хъуащ. Фестивалым и «Дыщэ» саугъэтыр Урысейм и «Каданс» ансамблым къихьащ. Къэзахъстаным и Караганда къалэм щыщ «Шаттык» гупым фестивалым и Гран-прир и Iэрылъхьэщ.
«Адыгэ псалъэ» газетым и хьэщIэщым къеблэгъащ Бажэ Дотий. Абы йопсалъэ ТекIужь Заретэ. — Къалэм и Iэтащхьэм лIыкIуэхэм я унафэщIхэр пресс-конференцым дригъэблэгъащ. Абы деупщIащ фестивалым ехьэлIа Iуэху гуэрхэмкIэ. КъищынэмыщIауэ, щIэныгъэ-практикэ конференци дыхэтащ. Зэхыхьэхэм нэхъыщхьэу къыщыхагъэщар лъэпкъхэм я щэнхабзэрэ гъуазджэрэ яхъумэжынымкIэ, заужьынымкIэ дэIэпыкъун зэрыхуейрщ, — жеIэ Бажэ Дотий. — Iуэху нэхъыщхьэу къыщалъытар гупхэм я нэхъыфIыр зэхагъэкIыныртэкъым, атIэ артист ныбжьыщIэхэр зэрагъэцIыхунырщ, щIыналъэ зэхуэ- мыдэхэм щыпсэухэм яку дэлъ мамырыгъэр гъэбыдэнырщ.
Фестивалым зрезыгъэхьэлIа гупхэр хэтащ мэкъуауэгъуэм и 30-м Бобруйск къалэм и махуэр щагъэлъэпIами илъэс 69-рэ и пэкIэ къалэр щхьэхуит къызэращIыжам теухуауэ бадзэуэгъуэм и 1-м ирагъэкIуэкIа фэеплъ пэкIуми. КъищынэмыщIауэ, бадзэуэгъуэм и 3-р Белоруссием и щхьэхуитыныгъэм и махуэу ягъэуващ. Дотий зэрыжиIамкIэ, къэралым, Хэкум исхэм мамырыгъэр къахуэзыхьа лIыхъужьхэр Белоруссием исхэм зэрызыщамыгъэгъупщэр IупщIщ.
— Ди республикэм щыщ зауэлI куэд Хэку зауэшхуэм и япэ мазэхэм Белоруссием зэрыщызэуам сыщыгъуазэт. Апхуэдэщ усакIуэ, макъамэтх, уэрэджыIакIуэ Къэжэр Индрис, адыгэ литературэм и классик, Бобруйск щыIэ нэмыцэIуэм 1941 гъэм гуузу илIыхьа ЩоджэнцIыкIу Алий, нэгъуэщIхэри. Бобруйск къалэм ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зэрихьэу дэт музеймрэ библиотекэмрэ зыщытплъыхьащ. ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ къалэ библиотекэм и унафэщI Чернявская Наталье, Алий и Iыхьлыхэм, и нысэ Рае захуэзгъэзащ. Ахэр тхакIуэм и гъащIэмрэ и гуащIэмрэ теухуахэм ныбжьыщIэхэм къахутепсэлъыхьащ. ИужькIэ Алий зэрыса нэмыцэIуэм дашащ, арщхьэкIэ абы дыдагъэхьакъым, археологие къэхутэныгъэхэр зэрыщрагъэкIуэкIым къыхэкIыу. Рае Къэбэрдей-Балъкъэрым и музеймрэ библиотекэмрэ папщIэ тыгъэхэр къызитащ, — къытхуеIуэтэж Дотий. — КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министерствэм, УФ-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм, ЩоджэнцIыкIу Алий и благъэхэм я цIэкIэ Бобруйск къалэм и Iэтащхьэм фIыщIэ хуэсщIащ лIыхъужьхэм я фэеплъхэр зэрахъумэм, гулъытэ зэрыхуащIым папщIэ. ДэркIэ ар куэд и уасэщ.
Анзорей щыщ ныбжьыщIэхэр Бобруйск и утым къыщофэ. Бобруйск къалэ администрацэм щэнхабзэмкIэ иIэ къудамэм и унафэщI, фестивалым и къызэгъэпэщакIуэ Роскач Иринэ Къэбэрдей-Балъкъэрым икIа гупым фIыщIэ къытхуищIащ. Ансамблым хэт щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ екIуу зэхыхьэм зэрызыкъыщагъэлъэгъуам папщIэ хъуэхъу, псалъэ гуапэ куэд къажриIа нэужь, саугъэтхэр, IэфIыкIэхэр къаритри къригъэжьэжащ. Роскач Иринэ къыхигъэщащ Бобруйск къалэр щхьэхуит къызэращIыжрэ илъэс 70 щрикъум ирихьэлIэу етIанэгъи я щIыпIэм щрагъэкIуэкIыну ягъэбелджыла мыпхуэдэ фестивалым ди щIыналъэм исхэми зрагъэхьэлIэмэ зэригуапэр. Республикэм икIахэм Бобруйск, Минск къалэхэр зэрызрагъэцIыхуам, гъэлъэгъуэныгъэ зэхуэмыдэхэм зэрыхэтам, къалэхэм я архитектурэ, фэеплъ ухуэныгъэхэр зэрызрагъэлъэгъуам, щIэ куэд къызэращIам папщIэ арэзыуэ къежьэжащ. Нэхъыщхьэращи, ныбжьыщIэхэм фестивалым хэта артистхэр зрагъэцIыхуащ, я телефон бжыгъэхэр зэIэпахащ. Анзорейдэс ныбжьыщIэхэр иджы ирогушхуэ дуней псом щыщ ныбжьэгъу куэд яIэ зэрыхъуам.
Фестивалым кIуа гупым хэтащ Лэскэн район администрацэм щэнхабзэмкIэ и къудамэм и унафэщI Зыхьэ Маритэ, журналистхэр. Фестивалым кIуэнымкIэ къазэрыдэIэпыкъуам папщIэ «Анзорей» ансамблымрэ лIыкIуэхэм яхэтахэмрэ фIыщIэ хуащI КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Фырэ Руслан, Лэскэн район администрацэм и Iэтащхьэ Кебеков Валерэ сымэ.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29794.txt"
} |
Нобэ
УФ-м и Дзэ-Тенджыз флотым и авиацэм и махуэщ
Финляндием щагъэлъапIэ демократием и махуэр
1918 гъэм Романовхэ — пащтыхь Николай ЕтIуанэмрэ и унагъуэмрэ — Екатеринбург щаукIащ.
1942 гъэм Сталинград зауэм щIидзащ.
1945 гъэм ЕтIуанэ дунейпсо зауэм текIуэныгъэр къыщызыхьа къэралхэм я Iэтащхьэхэм я Берлин (Потсдам) конференцыр къызэIуахащ.
Лениным и цIэр зэрихьэу Аргудан щыIэ колхозым Ленин орденыр 1967 гъэм къратащ.
КъШР-м и Правительствэм и УнафэщIу лэжьа Уэз Анатолэ и ныбжьыр илъэс 71-рэ ирокъу.
Шэрджэс сурэтыщI Къардэн Мухьэдин и ныбжьыр илъэс 45-рэ ирокъу.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, уэшх тIэкIу къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 25 — 27-рэ, жэщым градус 21 — 23-рэ щыхъунущ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29802.txt"
} |
Ди хэкуэгъухэм ядэIэпыкъунущ
Бахъсэн къалэ округым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Хьэщпакъ СулътIан и унафэкIэ бадзэуэгъуэм и 17-м Бахъсэн щекIуэкIынущ Сирием щыпсэу адыгэхэм ящыщу я адэжь хэкум къэзыгъэзэжахэм ядэIэпыкъуным хуэгъэза псапащIэ Iуэху.
Къалэ администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Хэжь Заур жиIащ псапэ зыщIэну хуейхэр Бахъсэн къалэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм бадзэуэгъуэм и 17-м зэрырагъэблагъэр. Ахъшэ ирадзэ хъунущ сыхьэт 15.00-м къыщыщIэдзауэ 19.00-м нэсыху.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, мы гъэм мэкъуауэгъуэм и 29-м Налшык щекIуэкIа Дунейпсо Адыгэ зэхыхьэм ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий республикэм и цIыхухэр къыщыхуриджащ Сирием къикIыжахэм ядэIэпыкъуну икIи къыщыхилъхьащ КъБР-м и район псоми мыпхуэдэ Iуэху щрагъэкIуэкIыну.
ТЫIЭЩ Элинэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29804.txt"
} |
Лъэпкъ псом и плъапIэ
Налшык и «Тетраграф» ООО-м и бжыгъэр зы мин хъууэ къыщыдэкIащ «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист Ширдий Маринэ и тхылъыщIэ. «Дунейпсо Адыгэ Хасэ: IуэхущIафэхэмрэ хъуэпсапIэхэмрэ» художественно-публицистикэ къыдэкIыгъуэм и редакторыр ХьэфIыцIэ Мухьэмэдщ.
«Дунейпсо Адыгэ Хасэм илъэсипщI бжыгъэхэм къыдэбжэ тхыдэ иIэ хъуащ. Ар лъэпкъым къыхузэгъэпэщын зэрыхуейм зи гупсысэр япэу хуэкIуа Хьэткъуэ (Рэджаб) Фэтхьи Голландием куэд щIауэ щопсэу. Ди къэралым и бжэр щызэIуихым, аращ, нэхъыжь хабзэу, къыхэзылъхьар адыгэ псоми я Iуэху зезыхуэн Хасэ къызэгъэпэщын хуейуэ», — щетх Маринэ «Лъэпкъыр зыгъэлъэпкъыр Хэкурщ» зыфIища псалъащхьэм. Адыгэ лъэпкъ псом и плъапIэ жылагъуэ зэгухьэныгъэ иным щIэдзапIэ хуэхъуа мис а лъэхъэнэм щегъэжьауэ ДАХ-м къикIуа гъуэгуанэр наIуэу къыщыгъэлъэгъуа хъуащ Ширдийм и тхылъым.
Лэжьыгъэм щызэхуэхьэсыжащ ДАХ-м и зэхуэсибгъуми щыжаIахэмрэ къыщыхалъхьахэмрэ зи лъабжьэ тхыгъэхэр, а зэIущIэхэм кърихьэлIахэм, хэхэс адыгэхэм ящыщу хэкужьым щыхьэщIахэм, апхуэдэуи зэман зэхуэмыдэхэм лъахэм къитIысхьэжа ди лъэпкъэгъухэм къыIаха интервьюхэр, абыхэм я Iуэху еплъыкIэхэмрэ я мурадхэмрэ, гурыгъухэмрэ хъуэпсапIэхэмрэ къыщыгъэлъэгъуа IэдакъэщIэкIхэр, нэгъуэщIхэри. Хэхэс гъащIэм игъэгулэз ди тхакIуэ-усакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэри щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ тегъэщIапIэ щищIащ Ширдий Маринэ.
Псоми я лъабжьэр, нэхъыщхьэу къыхэщыр зыщ: ди лъэпкъыр зэуIу хъужынырщ, ди цIыхухэм я фэм дэкIар ящызыгъэгъупщэн нэплъэжыгъуэ ягъуэтынырщ, а лъэныкъуэмкIэ къэралыр къакъуэувэу, езыхэми яхузэфIэкI халъхьэу гурэ псэкIэ зэпха щIыналъэм къитIысхьэжынырщ. Къэдгъэлъэгъуам ди дзэр Iузыудын хэт?! ДифI къызыхэкIынрэ лъэпкъым зыкъезыгъэIэтынрэ фIэкIа хэплъагъуэркъыми, мис ахэр унафэрэ къэралым щызекIуэ хабзэкIэ щIегъэгъэбыдэныр ди хъуэпсапIэщ. Тхылъым къыщыIэта гупсысэ нэхъыщхьэри аращ.
«Дунейпсо Адыгэ Хасэ: IуэхущIафэхэмрэ хъуэпсапIэхэмрэ» тхылъыр къулейщ сурэт гъэщIэгъуэнхэмкIэ. ЗэIущIэхэм щытрахауэ абы итщ Хасэм и Iуэхузехьэхэм, абы зи псалъэ щыжызыIахэм, и лэжьыгъэм хэлIыфIыхьахэм, къапщтэмэ, адыгэм и Iуэхум игъэгузавэ цIыху телъыджэу къэрал куэдым щыпсэухэм я сурэтхэр. Абыхэм нэхъри наIуэу уи нэгу къыщIагъэувэ ди лъэпкъыр зэрылъэщыр, акъылкIи IэпкълъэпкъкIи Iэчлъэч апхуэдэ цIыхухъухэмрэ цIыхубз Iущхэмрэ диIэу лъэпкъыр зэрымыкIуэдынур.
Лэжьыгъэр зэхуещIыж Дунейпсо Адыгэ Хасэм и президенту щытахэм ятеухуа тхыгъэ кIэщIхэмкIэ. Апхуэдэхэу Къалмыкъ Юрэ, Щхьэлахъуэ Абубэчыр, Акъбащ Борис, Нэхущ Заурбий, Дзэмыхь Къасболэт, Ажахъуэ Къанщобий, Сэхъурокъуэ Хьэутий сымэ я цIэхэм епхащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм хузэфIэкIар, и къарум къихьыр, и хъуэпсапIэхэм зэрылъэIэсынур.
Ширдий Маринэ фIыщIэ яхуещI тхылъыр зи мылъкукIэ къыдэкIа «Бум-Банк» коммерцэ банкым и унафэщI Ажахъуэ Къанщобий, ар гъэхьэзырынымкIэ къыдэIэпыкъуа псоми.
ИСТЭПАН Залинэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29807.txt"
} |
Зэрызэдэлажьэм зрагъэубгъу
Ди газетым зэрытетащи, «Кавказыр Италием IуощIэ» Iуэхум епхауэ екIуэкI V зэIущIэм хэтыну Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къэкIуащ Италием Кавказ Ищхъэрэ, Ипщэ федеральнэ округхэм щиIэ консул нэхъыщхьэ Лодиджиани Пьерпаоло зи пашэ гуп.
ХьэщIэхэр япэщIыкIэ щыIащ «Бахъсэн и хадэхэр» холдинг компанием итальян IэмалхэмкIэ игъэкI жыг хадэм. Мэкъумэшым епхауэ ди республикэм щащIэ Iуэхухэр зыунэтI Балъкъыз Замир хьэщIэхэм гуапэу къапежьащ.
— Итальян IэщIагъэлIхэм ди лэжьыгъэр и кIэм нэсу тхузэтраухуауэ жыпIэ хъунущ, — жиIащ абы. — КъищынэмыщIауэ, адэкIэ щыуагъэ зэрытIэщIэмыкIыным, къэдгъэкIа жыгхэм пхъэщхьэмыщхьэ бэв къызэрыдатыным хуэунэтIауэ чэнджэщ къыхалъхьэ, дэIэпыкъуэгъу къытхуохъу. Псалъэм папщIэ, мы гъэм гектар къэс мыIэрысэу тонн мин 60-м нэблагъэ къытетхыну худогъэфащэ.
ХьэщIэхэм ирагъэлъэгъуащ хуабэщхэмрэ жыг хадэхэм къыщагъэсэбэп щIэгъэкъуэнхэмрэ щагъэхьэзыр заводыр, Шэджэм куейм хиубыдэ «Агро-Ком» хуабэщыр, пхъэщхьэмыщхьэхэр зралъхьэ икIи щахъумэ матэшхуэхэр къыщыщIагъэкI «Строймаш» ООО заводыр, хадэхэкIхэр щахъумэ «Холод» фирмэр.
ИужькIэ хьэщIэхэр щыIащ Прохладнэ къалэм итальян-испан IэмалхэмкIэ щIэрыщIэу къыщызэрагъэпэщыжа «CISMAC» чырбыш заводышхуэм. ХьэщIэхэм цеххэр кърагъэплъыхьащ. Жэщи-махуи зи лэжьыгъэр къэмыувыIэ заводым цIыхуу Iутыр зэрыхъур 52-рэ къудейщ. Лэжьыгъэ хьэлъэ псори роботхэм ягъэзащIэ. Заводым чырбыш зэмылIэужьыгъуэу 8 къыщIегъэкI. Зы сменэм къриубыдэу чырбыш мини 100 хьэзыр мэхъу. Заводым и унафэщI Шутов Александр зэрыжиIэмкIэ, чырбышым щIэупщIэшхуэ иIэщ.
КъыкIэлъыкIуэу Налшык дэт «Синдика» интур-хьэщIэщым итальян хьэрычэтыщIэхэм щаIущIащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Хьэсанэ Руслан, министерствэ зэмылIэужьыгъуэхэм я тхьэмадэхэр, республикэм и муниципальнэ куейхэмрэ къалэ округхэмрэ я Iэтащхьэхэр, нэгъуэщIхэри.
Зэхуэсым хьэщIэхэмрэ бысымхэмрэ я Iуэху еплъыкIэхэмкIэ щызэдэгуэшащ. Абыхэм къыхагъэщащ иужьрей илъэс зытIущым къриубыдэу итальян хьэрычэтыщIэхэмрэ ди республикэмрэ зэхуаIэ хъуа зэхущытыкIэхэм арэзы къызэрищIыр, дяпэкIэ нэхъыфIыжу зэдэлэжьэну мурад зэраIэр.
— Къэбэрдей-Балъкъэрыр илъэс зыбжанэ хъуауэ Италием щыщ хьэрычэтыщIэхэм ядолажьэ, — жиIащ Хьэсанэ Руслан. — Итальянхэм я фIыгъэкIэ, ди республикэм мэкъумэш IэнатIэм зыщеужь, куэд щIакъым Прохладнэ къалэм чырбыш къыщыщIагъэкI заводышхуэ къызэрыщызэIуахрэ. Догугъэ дяпэкIи нэгъуэщI Iуэхухэри зэдэтщIэну.
Къэбэрдей-Балъкъэрым ис цIыхухэр итальянхэм я лэжьэкIэм, я Iуэху зехьэкIэм арэзы къызэрищIыр гуапэ зэрыщыхъур къыхигъэщащ хьэщIэхэм я пашэ Лодиджиани Пьерпаоло:
— Дэ лэжьыгъэм хуэIэижь лъэпкъыу дыкъызэрыфлъытэр ди гуапэщ, — жиIащ абы. — Фи гупэр къызэрытхуэвгъэзари зыхыдощIэ. Китайм ди хьэрычэтыщIэхэр илъэси 10 хъуауэ щыIэщи, Къэбэрдей-Балъкъэрым дызэрыдэлэжьа мащIэм къриубыдэу лъэныкъуитIми ехъулIэныгъэу къытхудэкIуам хуэдиз абы щытлъэгъуакъым. Къыхэзгъэщынут фи хьэрычэт щIэкIэр дэркIэ зэрыщIэщыгъуэр. Дызэрызэдэлажьэм зедгъэубгъуну ди гугъэщ. Псалъэм папщIэ, гидроэнергетикэм, ухуэныгъэм, туризмэмрэ курортхэмрэ ехьэлIауэ лъэныкъуитIым зэдэтщIэфынур мы зэманым доубзыху.
Пресс-конференц нэужьым загуэшри, зэIущIэм хэтахэр щхьэж и Iуэху теухуауэ зэпсэлъащ.
КЪУМАХУЭ Аслъэн.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29812.txt"
} |
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и лъэпкъхэм я бзэхэм я IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым теухуауэ Къэбэрдей-Балъкъэр
Республикэм и Парламентым и
Унафэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:
1. «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и лъэпкъхэм я бзэхэм я IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законыр къэщтэн.
2. Мы Законыр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм хуегъэхьэн, Iэ тридзэн икIи хэIущIыIу ищIын папщIэ.
3. Мы Унафэм къару егъуэт Iэ щытрадза махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
Парламентым и УнафэщI Чеченов Ануар
Налшык къалэ
2013 гъэм мэкъуауэгъуэм и 20-м
№1598-П-П
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и лъэпкъхэм я бзэхэм я IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ
Къэбэрдей-Балъкъэр
Республикэм и
Закон
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым къищтащ 2013 гъэм мэкъуауэгъуэм и 20-м
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и лъэпкъхэм я бзэхэм я IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон №1-РЗ-уэ 1995 гъэм щIышылэм и 16-м къащтам (правовой информацэмкIэ официальнэ интернет-портал (www.pravo.gov.ru) и 3-1 статьям мыхэр щIыгъужауэ мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэн:
«3-1 статья. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и лъэпкъхэм я бзэхэр хъумэнымкIэ икIи абыхэм зегъэужьынымкIэ шэсыпIэхэр
1. Къэбэрдей, балъкъэр лъэпкъхэр къызэтенэнымкIэ Iэмалу, дунейпсо бзэ щэнхабзэм и фIыгъуэу, апхуэдэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэралыбзэу щыт адыгэбзэмрэ балъкъэрыбзэмрэ хъумэныр икIи абыхэм заужьыныр къызэригъэпэщын мурадкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм зэтреухуэ адыгэбзэмрэ балъкъэрыбзэмрэ хъумэным икIи абыхэм зегъэужьыным зэгъусэу елэжьыну эксперт-консультативнэ органхэр.
2. Къэдгъэлъэгъуа органхэм хагъэхьэ еджагъэшхуэхэр, адыгэбзэмрэ балъкъэрыбзэмкIэ IэщIагъэлIхэр, этнографхэр, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал властым и органхэм я лингвист IуэхущIапIэхэм я IэщIагъэлIхэр, Iуэхум хэзыщIыкI нэгъуэщI IэщIагъэлIхэр.
3. Мы статьям и япэ Iыхьэм къыщыгъэлъэгъуа органхэм я лэжьыгъэр зытетыну хабзэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм еубзыху».
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен
Налшык къалэ
2013 гъэм бадзэуэгъуэм и 10-м
№54-РЗ
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29816.txt"
} |
КъБР-м и ТВ-мрэ радиомрэ
1 КъБР «Мир» канал
Блыщхьэ, бадзэуэгъуэм и 22
7.00 Мультфильм (6+)
7.20 «Зы уэрэдым и хъыбар» (адыгэбзэкIэ) (12+)
7.40 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр»
8.15 «ЩIыуэпс» (адыгэбзэкIэ) (12+)
8.50 «Iущыгъэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (6+)
9.10 «49-нэ каналым и пощт» (12+)
18.00 Мультфильм (6+)
18.20 ЦIыхубэ творчествэм и фестивалу Бобруйск къалэм щекIуэкIам къратыкI репортаж (12+)
19.30 «Сабийхэм я гуфIэгъуэ». ПсапащIэ Iуэху (12+)
19.50 «ЛIэщIыгъуэм и цIыху». КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ, щIэныгъэлI Нало Заур къызэралъхурэ илъэс 85-рэ щрикъум ирихьэлIэу. Япэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (12+)
20.20 «КъежьапIэ». Эльбрус поселкэм дэт щэнхабзэмкIэ унэр зэрылажьэр (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
20.50 «ЛIэщIыгъуэм и усакIуэ». КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ КIыщокъуэ Алим (12+)
21.40 ХъыбарыщIэхэр
Гъубж, бадзэуэгъуэм и 23
7.00 Мультфильм (6+)
7.20 «НыбжьыщIэ зэчиифIэхэр» (6+)
7.40 ХъыбарыщIэхэр
8.00 «Ретроспектива». «Налшык». Телефильм (12+)
8.20 «ДэкIуеипIэ». Филологие щIэныгъэхэм я доктор Апажэ Мухьэмэд (адыгэбзэкIэ) (16+)
8.50 «Сэ фIыуэ слъагъу уэрэд». Концерт (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
9.25 «Жылагъуэм и сэбэп зыхэлъ». Анэм хухах ахъшэр къызэрагъэсэбэп хъуну щIыкIэр (16+)
18.00 Мультфильм (6+)
18.20 «Сурэтхэм къаIуатэ». Япэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
18.35 «Гъэмахуэм». Гъэмахуэ зыгъэпсэхупIэ лагерь «Налмэс» (адыгэбзэкIэ) (12+)
19.30 Мультфильм
19.45 «ЛIэщIыгъуэм и цIыху». КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ, щIэныгъэлI Нало Заур къызэралъхурэ илъэс 85-рэ щрикъум ирихьэлIэу. ЕтIуанэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (12+)
20.15 «Гъунапкъэхэр». Тележурнал (балъкъэрыбзэкIэ) (16+)
20.45 «Парламент сыхьэт» (16+)
21.05 «Гупсысэр — псалъэкIэ» (16+)
21.40 ХъыбарыщIэхэр
Бэрэжьей, бадзэуэгъуэм и 24
7.00 Мультфильм
7.15 «Дыщэ пхъуантэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (6+)
7.40 ХъыбарыщIэхэр
8.00 «ЩIэныгъэлI». Физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор Алшагъыр Борис (адыгэбзэкIэ) (12+)
8.35 «ЗэIущIэхэр». КъР-м щIыхь зиIэ и артист Теппеев Алим (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
9.05 «Дыгъэм и деж хьэщIапIэ». Холам-Безенги аузыр (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
9.25 «Тхьэм и унэм ухуэзышэ гъуэгу» (12+)
18.00 Мультфильм (6+)
18.10 «ЦIыхубэ IэпщIэлъапщIагъэр». Пхъэм елэжь IэпщIэлъапщIэ Евдокимов Андрей (12+)
18.45 «Сурэтхэм къаIуатэ». ЕтIуанэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
19.30 Мультфильм (6+)
19.45 «Усэхэр зэрыт тетрадь». УсакIуэ Къылышбий Исмэ- хьил (адыгэбзэкIэ) (12+)
20.10 «Жьыщхьэ махуэ». Лашынкъуей къуажэ щыпсэухэу Хьэгъэжейхэ Мухьэбрэ Хъаджэтрэ (адыгэбзэкIэ) (12+)
20.40 «Хьэлэл фхухъу!..» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
21.00 «Прорыв» программэр. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университет (16+)
21.30 «Зи чэзу псалъэмакъ» (16+)
21.40 ХъыбарыщIэхэр
Махуэку бадзэуэгъуэм и 25
7.00 Мультфильм (6+)
7.10 «Сабиигъуэм и хэщIапIэ». Бахъсэн къалэ дэт гъуазджэхэмкIэ еджапIэр (адыгэбзэкIэ) (12+)
7.40 ХъыбарыщIэхэр
8.00 «Таурыхъыр ди хьэщIэщ» (адыгэбзэкIэ) (6+)
8.10 «Уэрэдыр зи Iэпэгъу». Шал Хъусен (адыгэбзэкIэ) (12+)
8.45 «Таурыхъым фрегъэблагъэ». «Къоркъакъ Галакчыкъ» таурыхъым къытращIыкIауэ (балъкъэрыбзэкIэ) (6+)
9.25 «ЦIыхухэм я сэбэп зыхэлъхэм хуэлажьэу». Бахъсэн къалэ округ (12+)
18.00 «Гум къиIукI уэрэдхэр». «Амикс» театрым и уэрэджыIакIуэ Хъусин Анзор. ПэщIэдзэр (адыгэбзэкIэ) (12+)
19.30 Мультфильм (6+)
19.35 «Динымрэ гъащIэмрэ» (адыгэбзэкIэ) (12+)
20.05 «Дызэгъусэу». ЩIалэгъуалэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
20.30 «Си щиху дыщафэ». УсакIуэ Къылышбий Исмэхьил
21.15 «Тырку дунейм и щIэин». ТЮРКСОЙ-м и секретарь нэхъыщхьэ Касеинов Дюсен (16+)
21.40 ХъыбарыщIэхэр
Мэрем, бадзэуэгъуэм и 26
7.00 Мультфильм (6+)
7.10 «Илъэс 35-рэ дохъу». Налшык къалэ дэт музыкэ еджэпIэ №3-р (6+)
7.40 ХъыбарыщIэхэр
7.55 «Насып». Байсиевэ Хь. (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
8.25 «Хъуромэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (6+)
8.45 «Улажьэм лыжь пшхынщ». Налшык шэ комбинатыр (адыгэбзэкIэ) (12+)
9.10 Композитор Жырыкъ Заур и махуэшхуэ концерт (12+)
18.00 «Гум къиIукI уэрэдхэр». «Амикс» театрым и уэрэджыIакIуэ Хъусин Анзор. КIэухыр (адыгэбзэкIэ) (12+)
19.30 «Узэгугъур къогугъуж…» (адыгэбзэкIэ) (16+)
20.00 «Ди щIэин» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
20.30 «Чемпионхэр». Иджырей пятиборьемкIэ спортым и мастер Кабалоев Георгий (12+)
20.55 «49-нэ каналым и пощт» (12+)
21.40 ХъыбарыщIэхэр
Щэбэт, бадзэуэгъуэм и 27
7.00 Мультфильм (6+)
7.05 «Уэрэдыр зи Iэпэгъу». КъБР-м и цIыхубэ артисткэ Бесчокъуэ Майе (адыгэбзэкIэ) (12+)
7.40 ХъыбарыщIэхэр
8.00 «ЩIыпIэ жыжьэхэм щыслъэгъуахэр». Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым и лэжьакIуэ Бийногеров Баттал (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
8.30 «Гуэл ЩхъуантIэм теухуа хъыбар» (12+)
9.10 «49-нэ каналым и пощт» (12+)
16.10 «Ретроспектива». «Си республикэ». Телевизионнэ фильм (12+)
16.45 Чайковский Петр. «Иоланта». Концерт (12+)
18.05 «ЩIыуэпс». Дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэным теухуауэ (адыгэбзэкIэ) (12+)
18.35 «Республикэм щыхъыбархэр». ХъыбарыщIэхэр (адыгэбзэкIэ)
18.50 «Iущыгъэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (6+)
19.10 «Ыйыкъ». ХъыбарыщIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ)
19.25 «Седьмая скорость». Автомобилистхэм папщIэ тележурнал (12+)
19.40 «Бизнес цIыкIум зэрызиужьыр». Жылагъуэ палатэм и тхьэмадэ Тау Пщыкъан (16+)
20.10 «49-нэ каналым и пощт» (12+)
Тхьэмахуэ, бадзэуэгъуэм и 28
7.00 Мультфильм (6+)
7.15 «Песнь Апсаты» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
7.40 «Ыйыкъ». ХъыбарыщIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ)
7.55 «Унагъуэ». ДыщэкIхэ я унагъуэр. Къэрэгъэш къуажэ (адыгэбзэкIэ) (12+)
8.25 «Республикэм щыхъыбархэр». ХъыбарыщIэхэр (адыгэбзэкIэ)
8.40 «Гупсысэр — псалъэкIэ» (16+)
9.10 «49-нэ каналым и пощт» (12+)
16.50 Мультфильм
17.15 «ТВ-галерея». Iусен Олег (16+)
17.45 «Япэ лъэбакъуэхэр». ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институт (16+)
18.15 «Гум имыхуж». РСФСР-м и цIыхубэ артист Сонэ Мухьэрбий (адыгэбзэкIэ) (12+)
18.50 «Тырку дунейм и щIэин». КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ Гуртуев Берт и щIыхькIэ Тыркум щекIуэкIа пшы- хьым къратыкI репортаж (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
19.30 «Время и личность». Иджырей гуманитар академием и ректор Атабиев Алий (16+)
20.00 «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и тхыдэ». Кинорежиссерхэу Вэрокъуэ Владимиррэ Мартиросовэ Ринэрэ я фильм
20.45 «49-нэ каналым и пощт» (12+)
21.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр»
«Къэбэрдей- Балъкъэр ГТРК-м и ТВ
Блыщхьэ, бадзэуэгъуэм и 22
7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр
11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ)
11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ)
14.30, 17.15, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр
18.30 Адыгэ узэщIакIуэхэр. Нэгумэ Шорэ
19.05 «ЦIыхумрэ зэманымрэ». ЦIыхубэ IэпщIэлъапщIэ Мамаев А.
Гъубж, бадзэуэгъуэм и 23
7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр
9.00 «ЦIыхумрэ зэманымрэ». ЦIыхубэ IэпщIэлъапщIэ Мамаев А.
9.30 «Реалекс»
11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ)
11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ)
14.30, 17.15, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр
18.30 «Зэманым и лъэужь»
19.15 «Пэшым екIу сурэтхэр» программэр. Балъкъэр Юрэ
Бэрэжьей, бадзэуэгъуэм и 24
7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр
11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ)
11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ)
14.30, 17.15, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр
18.30 «Адэхэмрэ бынхэмрэ». Ток-шоу
19.30 «Литературэм и лъахэ».
Махуэку, бадзэуэгъуэм и 25
7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр
9.00 «Нобэ япщэфIахэр»
9.30 «Тоути»
11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ)
11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ)
14.30, 17.15, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр
18.30 «Литературэм и лъахэ»
19.05 «ДымыцIыху Къэбэрдей-Балъкъэр»
Мэрем, бадзэуэгъуэм и 26
7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр.
11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ)
11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ)
14.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр
17.15 ЩIыпIэ зэман. Кавказ Ищхъэрэм щыхъыбархэр
18.30 «Вояж»
Щэбэт, бадзэуэгъуэм и 27
8.10, 11.10, 14.20 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр
10.05 «Нобэ япщэфIахэр»
10.40 «Реалекс»
Тхьэмахуэ, бадзэуэгъуэм и 28
10.20 ЩIыпIэ зэман. «Тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр»
10.40 «Реалекс»
11.10, 14.20 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр
«Къэбэрдей-Балъкъэр» ГТРК-м и радио
Блыщхьэ, бадзэуэгъуэм и 22
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ):
7.10, 7. 25, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10
7.25 — 7.45 ЦIыхуитIым зэдыжаIэ уэрэдхэр (адыгэбзэкIэ).
7.45 — 8.00 Алиев Ш. «Зэгъунэгъу цIыхубзхэр» радиоспектаклыр (балъкъэрыбзэкIэ).
10.15 — 10.30 Къэшэж Иннэ и усэхэр зыщIэлъ уэрэдхэр.
13.25 — 14.00 «Iуэху куэд щызэфIагъэкI блыщхьэ».
16.25 — 16.33 Зэгъусэу дыкъоджэ. Экзюпери А. «Пащтыхьыкъуэ ныбжьыщIэ».
Гъубж, бадзэуэгъуэм и 23
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ):
7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10
7.25 — 7.45 Уэрэдымрэ абы и тхыдэмрэ (адыгэбзэкIэ).
7.45 — 8.00 Акаев Хь. «Хъыршын шыугъэ». АуаныщI рассказ (балъкъэрыбзэкIэ).
10.15 — 10.30 Таурыхъхэм я ауз (адыгэбзэкIэ).
13.25 — 13.50 Нало Заур. «Къру закъуэ» (адыгэбзэкIэ).
13.50 — 14.00 Боташев Исса и усэхэр зыщIэлъ уэрэдхэр (балъкъэрыбзэкIэ).
16.25 — 16.33 Зэгъусэу дыкъоджэ. Экзюпери А. «Пащтыхьыкъуэ ныбжьыщIэ».
Бэрэжьей, бадзэуэгъуэм и 24
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ):
7.10, 10.00, 13.10, 16. 00, 18.10
7.25 — 7.45 «Сэлэтымрэ удымрэ» таурыхъыр (адыгэбзэкIэ).
7.45 — 8.00 Жанатаев Исмэхьил и концерт (балъкъэрыбзэкIэ).
10.15 — 10.30 «Шэджэм тхыпхъэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ).
13.25 — 13.50 «Ди Iэхэм къапкърыкI хуабагъэр» (Къэшэж КIуатIэ).
13.50 — 14.00 Укъызыдэфэ макъамэхэр (адыгэбзэкIэ).
16.25 — 16.33 Зэгъусэу дыкъоджэ. Экзюпери А. «Пащтыхьыкъуэ ныбжьыщIэ».
Махуэку, бадзэуэгъуэм и 25
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ):
10.00, 13.10, 16.10, 18.10
7.10 — 8.00 «Жьырытэдж» (адыгэбзэкIэ).
10.15 — 10.30 Лесовушкин и щэхухэр.
13.25 -13.45 Мыхьэнэшхуэ зиIэ псалъэмакъ.
13.45 — 14.00 Тут Заур уэрэд жеIэ.
16.25 — 16.33 Зэгъусэу дыкъоджэ. Экзюпери А. «Пащтыхьыкъуэ ныбжьыщIэ».
Мэрем, бадзэуэгъуэм и 26
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ):
7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10
7.25 — 8.00 «Жьырытэдж». Нэгузегъэужь нэтын.
10.15 — 10.30 Зэгъусэу дыкъоджэ. Чипчиков Б. «Жорымрэ мазэ ныкъуэмрэ яку дэту» рассказыр.
13.25 — 13.45 «Ууаз». Диным теухуа нэтын (балъкъэрыбзэкIэ).
13.45 — 14.00 «Инджылызыбзэр Джэдгъэф Маринэ и гъусэу зыдогъащIэ».
16.25 — 16.33 «Ислъамым и макъ».
Щэбэт, бадзэуэгъуэм и 27
10.10 — 11.00 «Кавказ пшэплъхэр».
12.10 — 12.25 «КъБР: махуэр махуэм кIэлъыкIуэу». ХъыбарыщIэхэр (адыгэбзэкIэ).
12.25 — 12.40 «КъБР: махуэр махуэм кIэлъыкIуэу» ХъыбарыщIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ).
12.40 — 13.00 «Езым и лъагъуэм тету».
Тхьэмахуэ, бадзэуэгъуэм и 28
10.10 — 10.25 «КъБР: махуэр махуэм кIэлъыкIуэу» ХъыбарыщIэхэр.
10.25 — 11.00 «Шоколад». ЩIалэгъуалэм папщIэ.
12.10 — 13.00 Театрыр микрофоным Iутщ. «Пхъуантэ фIыцIэ». Аппаев Хь. и романым къытращIыкIа радиоспектакль (балъкъэрыбзэкIэ).
КъБР-м и радио
Блыщхьэ, бадзэуэгъуэм и 22
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 13.00, 14.00, 15.00, 16.00, 17.00, 18.00
7.15/13.05 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ).
7.45/14.50 «Жаншэрхъ» Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ).
8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ).
8.20/16.32 «ЩIэныгъэм и дунейм — зыплъыхьакIуэ» (балъкъэрыбзэкIэ).
8.40/14.35 «Лэгъупыкъу». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ).
9.00/18.05 «Зэпсэлъэгъухэр» (урысыбзэкIэ).
9.25/18.30 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ).
10.05 «Утыку» (адыгэбзэкIэ).
10.25/16.05 «Макъамэ яхъумахэр» (адыгэбзэкIэ).
11.05/17.05 «Зэныбжьэгъухэм я гушыIэкIэр» (балъкъэрыбзэкIэ).
11.25/17.25 «Уэрэдыр тыгъэ фхузощI» (балъкъэрыбзэкIэ).
11.48/17.48 «Гюрен». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ).
12.05/15.35 «Дуней тетыкIэ» (урысыбзэкIэ).
12.25/15.05 «КъехьэкI-нехьэкI зыхэмылъ псалъэмакъ» (урысыбзэкIэ).
14.05/14.35 «Дыхьэшхэным и хъуреягъкIэ» (адыгэбзэкIэ).
Гъубж, бадзэуэгъуэм и 23
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 13.00, 14.00, 15.00, 16.00, 17.00, 18.00
7.45/14.45 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ).
8.20/16.30 «Ди хъугъуэфIыгъуэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ).
9.00/18.05 «Зэманыр, къэхъукъащIэхэр, Iуэху еплъыкIэхэр» (урысыбзэкIэ).
9.20/18.25 «Гукъыдэж» (урысыбзэкIэ).
10.05 «Адыгэхэр: тхыдэр, хабзэр» (адыгэбзэкIэ).
10.50/15.50 «Зэхэфха? Флъэгъуа?» (адыгэбзэкIэ).
11.05/17.30 «Балъкъэр цIыхубэ уэрэдхэр» (балъкъэрыбзэкIэ).
11.30/17.05 «Гъэмахуэр нэгузыужь лъэхъэнэщ» (балъкъэрыбзэкIэ).
12.05/15.30 «Тхыдэм егъэщIылIа Iуэхухэр» (урысыбзэкIэ).
12.25/15.05 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ).
12.45/14.30 «Зи чэзу Iуэхум теухуауэ» (адыгэбзэкIэ).
14.05/16.05 «Макъамэ калейдоскоп» (адыгэбзэкIэ).
Бэрэжьей, бадзэуэгъуэм и 24
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 13.00, 14.00, 15.00, 16.00, 17.00, 18.00
7.45/14.50 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ).
8.20/17.05 «Къонгуроучукъ». Сабийхэм папщIэ (балъкъэрыбзэкIэ).
8.45/16.50 «Гюрен». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ).
9.00/18.05 «Зи чэзу Iуэхум теухуауэ» (урысыбзэкIэ).
9.25/18.25 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ).
10.05/16.05 «ЦIыхухэмрэ гъащIэмрэ». Композитор Даур Аслъэн и фэеплъу (адыгэбзэкIэ).
10.25/16.20 Концерт (адыгэбзэкIэ).
11.05/11.22 «Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ).
11.30/17.30 «Сэлам алейкум» (балъкъэрыбзэкIэ).
12.05/15.05 «Гъуазджэм и щIыналъэ» (урысыбзэкIэ).
12.40/15.40 «Кавказым и симфоние» (урысыбзэкIэ).
14.05 «Уэрэдыр и Iэпэгъуу» (адыгэбзэкIэ).
14.30 «Усыгъэм и сатыр мыкIуэдыжынухэр…» (адыгэбзэкIэ).
Махуэку, бадзэуэгъуэм и 25
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 13.00, 14.00, 15.00, 16.00, 17.00, 18.00
7.45/18.43 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ).
8.20/17.05 «Дэ къытхуэнар» (балъкъэрыбзэкIэ).
9.00/18.05 «Нэхъыщхьэм теухуауэ кIэщIу» (урысыбзэкIэ).
9.20/15.25 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ).
9.30/15.45 «Псэм и макъамэ» (урысыбзэкIэ).
9.42/15.35 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ).
10.05/16.05 «Динымрэ гъащIэмрэ» (адыгэбзэкIэ).
10.20/16.20 Концерт (адыгэбзэкIэ).
10.45/16.45 «ДунейгъафIэ». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ).
11.05/14.05 «Лэгъупыкъу» (балъкъэрыбзэ-кIэ).
11.30/17.35 «Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ).
12.05/15.05 «Макъамэхэр» (урысыбзэкIэ).
12.30/18.20 «Дуней тетыкIэ» (урысыбзэкIэ).
14.30/15.00 «Пшыналъэ». Нэгузегъэужь нэтын (адыгэбзэкIэ).
Мэрем, бадзэуэгъуэм и 26
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 13.00, 14.00, 15.00, 16.00, 17.00, 18.00
7.45/18.39 «Щэнхабзэм теухуауэ» (адыгэбзэкIэ).
8.20/17.30 «Дыщэ пхъуантэ цIыкIу» (балъкъэрыбзэкIэ).
8.35/14.05 «Уэсылъэ къуршхэм я макъамэ» (балъкъэрыбзэкIэ).
9.00/18.05 «ГъащIэ упщIэ» (урысыбзэкIэ).
9.25/15.35 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ).
10.05 «Эфирыр псоми папщIэ» (адыгэбзэкIэ).
10.25 «ФIыуэ тлъагъу макъамэхэр» (адыгэбзэкIэ).
10.45/16.05 «Таурхъан». Сабийхэм папщIэ таурыхъхэр (адыгэбзэкIэ).
11.05/13.50 «Гуапагъэмрэ уахътыншагъэмрэ ятеухуауэ» (балъкъэрыбзэкIэ).
11.20/17.05 «Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ).
11.45/17.45 «Гюрен» (балъкъэрыбзэкIэ).
12.05/15.05 «Гъуазджэм и щIыналъэ» (урысыбзэкIэ).
12.35/18.20 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ).
12.44/18.29 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ).
14.30/16.25 «Ди гъусэу зывгъэпсэху» (адыгэбзэкIэ).
Щэбэт, бадзэуэгъуэм и 27
7.00/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ).
7.38/13.38 «Вагъуэбэ» (адыгэбзэкIэ).
8.00/15.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ).
8.25/15.25 «Шаудан» (балъкъэрыбзэкIэ).
9.00/18.00 «Я гулъытэ нэхъыщхьэр зыхуэгъэзар» (урысыбзэкIэ).
9.25/18.25 «Дыщыпсэу дунейм» (урысыбзэкIэ).
9.45/18.45 «Усыгъэм и сатыр мыкIуэдыжынухэр…» (урысыбзэкIэ).
10.00/10.30 «Дэрэжэгъуэ» Нэгузегъэужь нэтын (адыгэбзэкIэ).
10.50/14.50 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ).
11.00/16.00 «Зэныбжьэгъухэм я гушыIэкIэр» (балъкъэрыбзэкIэ).
11.21/16.21 «Топалайчыкъ». Сабийхэм папщIэ (балъкъэрыбзэкIэ).
11.30/16.30 «Iуащхьэмахуэ и щыгум щыIу уэрэдхэр» (балъкъэрыбзэкIэ).
12.00/17.00 «Гукъыдэж» (урысыбзэкIэ).
12.44/17.44 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ).
14.00/14.50 «Радиотеатр» (адыгэбзэкIэ).
Тхьэмахуэ, бадзэуэгъуэм и 28
«ХъыбарыщIэхэр».
Тхьэмахуэм къэхъуахэр (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 8.00, 10.00, 12.00, 14.00, 15.00, 17.00
7.00/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ).
7.40/14.40 «Лъэпкъ прозэм и напэкIуэцIхэр» (адыгэбзэкIэ).
8.10/15.10 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ).
8.40/15.40 «Гюрен». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ).
9.00/18.00 «Iуэху нэхъыщхьэм теухуауэ» (урысыбзэкIэ).
9.35/18.35 «Дыщыпсэу дунейм» (урысыбзэкIэ).
9.45/18.45 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ).
10.10/14.10 «Ди зэIущIапIэм» (адыгэбзэкIэ).
10.40/10.58 «Зыгъэпсэхугъуэхэр, зыгъэпсэхугъуэхэр…» (адыгэбзэкIэ).
11.00/16.00 «Ди хъугъуэфIыгъуэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ).
12.10/17.10 «Театрыр микрофоным Iутщ» (урысыбзэкIэ).
13.35/14.00 «ЦIыхуитIым зэдыжаIэ уэрэдхэр» (адыгэбзэкIэ).
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29820.txt"
} |
Урысей Федерацэ — США
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29825.txt"
} |
УпэIэщIэмэ нэхъыфIщ… Хэт къэралыр аргуэру зауэм хэзышэр?
Иужь илъэситIым иджы етхуанэу Египетым сыкъыщыхута иужь занщIэу аэропортым сикIри, «Рамзес Хилтон» хьэщIэщым сыкIуащ. Ар Нил и Iуфэм Iутщ, Тахрир утым — «хьэрып гъатхэ» революцэм дамыгъэ хуэхъуам — къыбгъурыту. Зэуэ срихьэлIащ сызыпэмыплъа: къыпэкIуэну фейдэр псынщIэу къызыгурыIуа хьэщIэщ лэжьакIуэхэм зи щхьэгъубжэхэр Тахрир утымкIэ гъэза пэшхэм уасэхэр Iыхьэ щанэкIэ къыщаIэтат. Ауэ сэ слъэгъуар ста ахъшэм и уасэщ.
Дунейм и телекомпание зэмылIэужьыгъуэхэм я корреспондентхэу «Рамзес Хилтон» хьэщIэщым къыщыувыIахэр бадзэуэгъуэм и 5-м и пщыхьэщхьэм хуабжьу арэзы хъуауэ къыщIэкIынущ, абыхэм я щхьэгъубжэ щIагъхэм сыхьэтищ енкIэ зэхэуэ гуащIэхэр щекIуэкIащи. Мыбдеж лъы щагъэжащ трагъэкIа президент Мурси и телъхьэ ныбжьыщIэхэмрэ оппозицэм щыщ нэгъуэщI щIалэгъуалэмрэ. ЛъэныкъуитIми къагъэсэбэпащ Iэщэхэр, пиротехникэ, «Молотовым и коктейль» зэрыт птулъкIэхэр, мывэхэр, бжэгъухэр. УкIыгъэхэр. УIэгъэхэр. МафIэм ис автомашинэхэр. ПсыIэрышэм хуэдэу, ежэх лъыр. Абы щыгъуэми, зауэлIхэри полицейхэри къэкIуакъым.
Си цIыхугъэ хьэрыпыр метром нэс згъэIэпхъуэжауэ сыкъыщыкIуэжым, сэ зэрымыщIэкIэ, сакъыдэхутащ зэзауэ лъэныкъуитIым я кум. КIэрахъуэхэр ягъауэу, кIийуэ си гупэмкIэ къажэрт зы гуп, си щIыбагъ къыдэтт Тахрир зыхъумэхэр. Япэ щIыкIэ сыгуфIащ: сурэт тесхынщ! Ауэ псынщIэу къызгурыIуащ Iэл хъуа щIалэхэм си журналист тхылъми къемыплъу, икIи нэгъуэщI къэралым сызэрицIыхури къамылъытэу сызэрызэпкъратхъынур. Абы щыгъуэми, си сурэттехым и батареери тIысат. Иджы къысщохъуж абы сыкъригъэлагъэнкIэ хъуну. АдэкIэ сэ зэзауэр зэрекIуэкIым сеплъащ 23-нэ къатым и балконым сытету. Псэууэ нэху дыкъемыкIынкIэ дышынат.
Зэхэуэ гущIэгъуншэт. Афганистаным иужькIэ апхуэдэ зы щIыпIи щыслъэгъуатэкъым.
* * *
Сыт атIэ иджы Египетым щекIуэкIыр? Сэ «фирхьэунхэм я хэкум» куэдрэ сыщыIащ икIи хьэкъыу спхыкIащ мы къэралым и цIыхухэр мамыру икIи гуапэу зэрыщытыр. АтIэ иджы щхьэ зэзэуэжрэ?
А упщIэм жэуап еттын папщIэ илъэсрэ ныкъуэкIэ дикIуэтыжын хуейщ. «ЩIышылэм и 25» революцэр щекIуэкIа а зэманым полицэ IуэхущIапIэ куэдыкIей зэтракъутащ, унафэщI партым и унэр ягъэсащ, Мубарак ирахулIащ «езым фIэфIу» президент къулыкъум текIыну. Куэд мыщIэу президентри, и къуэхэри, и блыгущIэт зыбжани лъэхъуэщым ирадзащ. Унафэр зэблэкIыгъуэ лъэхъэнэм Iэрыхьащ маршал Тантауи зи пашэ Дзэ совет нэхъыщхьэм.
Нэхъапэм лэжьэну хуит ящIу щымыта ислъам зэгухьэныгъэ ихъуипкIхэм я Iэтащхьэхэри яхэту, къаутIыпщыжащ «властым и лей» зытехьауэ къалъыта тутнакъхэр. Абыхэм зэуэ къару телъыджэ къызэкъуахащ. Къэбгъэлъагъуэмэ, парламент хэхыныгъэхэм ислъамым и лIыкIуэхэм («Муслъымэн зэкъуэшхэмрэ» салафитхэмрэ) процент 70-м щIигъу къыщахьащ икIи ардыдэмкIэ игъэгужьеящ динымрэ властымрэ зэпэIэщIэу щытын хуейуэ къэзылъытэхэр.
Абы щыгъуэми, лэжьэну хуит ящIа ислъам зэгухьэныгъэхэм япэ щIыкIэ президент хэхыныгъэхэм хэмытыну жаIауэ щытами, къахьа текIуэныгъэм трагъэгушхуэри зэуэ а къулыкъум щIэбэныну цIыху зыбжанэ къагъэлъэгъуащ. Аргуэруи я кIэн къикIащ: «зэкъуэшхэм» къагъэлъэгъуа Мурси зымащIэкIэ ефIэкIащ мыдрейхэм дзыхь зрагъэза Шафик. Иджы иужьрейхэр я Iэпэ йодзэкъэж, Мубарак и лэжьэгъуу щытар Мурси пэдгъэувын хуеякъым, жаIэри.
2012 гъэм и мэкъуауэгъуэм тхьэрыIуэ ищIри, Египетым и тхыдэм и япэ граждан президентым жыджэру лэжьэн щIидзащ. Япэ щIыкIэ штаб нэхъыщхьэм и унафэщIыр тригъэкIащ, Дзэ совет нэхъыщхьэр къригъэтIысэхащ, жьы хъуа маршал Тантауи нэгъуэщI къэрал Iэпхъуэным ирихулIащ. ИтIанэ езым и гуп къызэрипэщу щIидзащ ислъам зэгухьэныгъэхэм хэтхэр япэ иригъэщу. Апхуэдэурэ иужь ихьащ зи проектыр дыгъэгъазэм референдумым къыщыхалъхьа конституцэм. Ар ямыдэу уэрамхэм уэру дыхьащ демократхэр. Ауэ мыбдежи я Iуэху къыщикIащ «зэкъуэшхэм». Ахэр референдумым щытекIуащ ефIэкIыныгъэшхуэ яIэу.
Апхуэдэ щIыкIэкIэ динымрэ властымрэ зэпэщIэхауэ илъэс минитхукIэ псэуа къэралыр ислъамым и гъуэгум теуващ икIи шэрихьэт хабзэхэм я бжьым къыщIэхутащ.
АрщхьэкIэ Египетыр къыкIэрыхуа къэрал гуэркъым. Мыбы цIыхубэ жылагъуэ, абы и къудамэхэр щыIэщ, и суд ухуэкIэр Урысейм ейм нэхърэ куэдкIэ нэхъыфIщ. ИкIи хэхыныгъэхэр щекIуэкIым щыуагъэхэр яIэщIэкIауэ жиIэу Суд нэхъыщхьэм ислъам парламентыр хабзэм емызэгъыу къыщилъытэм, Мурси зыри хузэфIэкIакъым. Ар япэ уэзджынэт.
ЦIыхухэр щIэмыарэзым щыщщ абы къулыкъущIэхэр къызэрыхих щIыкIэр: губернаторхэу игъэувырт а лэжьыгъэм зыгуэри хэзымыщIыкI цIыхухэу «Муслъымэн зэкъуэшхэм» щыщхэр. Абы и мызакъуэу, языныкъуэхэр террорист щIэпхъаджагъэхэми хэпщIат. «Езым и цIыхухэр» и блыгу щIигъэувэным и хабзэр къэзыгупсысар Мурси и закъуэкъым. Апхуэдэу абы Iуэхур хуишэрт, диктатор мыхъуфми, зэфIэкIышхуэ дыдэ зыбгъэдэлъ президент зищIыным.
Пэжщ, и теплъэкIэ ар зыкIи ещхькъым цIыхушхым: нэгъуджэ дахэр йокIупс, европей щыгъынкIэ хуэпащ. Технократ унагъуэм къыхэкIа щIалэм езым и ныкъуэкъуэгъухэр игъэтIысакъым, демократиер зи унэтIыныгъэ газетхэр зэхуищIакъым, Египет экономикэм инвестицэхэр къыхалъхьэным къыхуриджэу къэралхэр къызэхикIухьащ, демократие хабзэхэм тетыну къигъэгугъащ.
Ауэ абы щхьэкIэ къэмынэу, щIэх дыдэу Мурси еджэ хъуащ «щIэуэ къэунэхуа фирхьэункIэ».
А псори екIуэкIащ экономикэр гугъуехьхэм щыхэт, бюджетыр зыхущыщIэр куэд дыдэ щыхъуа, IэнатIэхэм я хэхъуэхэр щехуэх зэманым. Дауи, абыкIэ къуаншэр Мурситэкъым, атIэ Египетыр пIалъэ кIыхькIэ зыIыгъа зэрыхьзэрийт. АрщхьэкIэ цIыху губжьахэр президентым дежкIэ нэхъыбэрэ плъэрт. И ныкъуэкъуэгъухэри хущIэкъурт мафIэр нэхъ ину зэщIагъэстыну.
* * *
А псори иухащ Мурси президент зэрыхъурэ зы илъэс щрикъум ирихьэлIэу цIыхухэм зэрызыкъаIэтамкIэ. Утыку къихьащ «Тамарруд» революцэ зэгухьэныгъэщIэр. Абы къэралым и Iэтащхьэм ткIийуэ хуигъэуващ: «ТекI, арыншамэ упсэунукъым!» Аргуэрыжьу ягъэсу щIадзащ унафэщI партым — иджы Щхьэхуитыныгъэмрэ захуагъэмрэ я парту «зэкъуэшхэм» къызэрагъэпэщам — и IуэхущIапIэхэр. КъыкъуэкIащ зауэлIхэри. Абыхэми Мурси хуагъэуващ бадзэуэгъуэм и 3-м и пщыхьэщхьэ пщIондэ и къулыкъум текIыну. А пщыхьэщхьэм зыхъумэжыныгъэмкIэ министрым (ар зы илъэс и пэкIэ езым къыхуэпэж цIыхуу къилъытэу Мурси а къулыкъум пэригъэуват) жиIащ Мурси къэралым и Iэтащхьэу щымытыжу икIи абы и къалэнхэр Конституцэ судым и унафэщI Мансур пIалъэкIэ игъэзэщIэну.
Къэхъун хуеяр къэхъуащ. КъуэгъэнапIэм къыкъуэплъ зауэлIхэм къагурыIуащ езыхэр хэмыIэбэмэ, къэралым аргуэру зэрыхьзэрий къызэрыщыхъунур. Египетым и дзэр хуабжьу зэхуэщIа къарущ, хэбгъэзыхьмэ, «зэкъуэшхэм» нэхърэ, икIи, дауи, абы нэхърэ куэдкIэ нэхъ лъэщщ. Дзэм къыхуозэ экономикэм и Iыхьэ щанэр, америкэ дэIэпыкъуныгъэм и доллар мелардхэр яIэрохьэ. Сыт хуэдэ Iуэхуми зауэлIхэр къыщыхожаныкI — Израилым егъэщIылIа политикэми, палестинхэм ядэIэпыкъуным, жылагъуэр ислъамым и хабзэм тегъэувэным, я зыгъэпсэхупIэхэм зегъэужьыным хуэгъэзауи.
Аргуэру Тахрир утым махуитIкIэ щызэрызехьащ: «фирхьэуныр» традзащ, псэукIэщIэм дыхуэкIуэнущ! Кхъухьлъатэхэр сатыру уэгум ирикIуэрт, щIылъэр ягъэлъатэ хьэрэкIытIэхэм ягъэнэхурт.
АрщхьэкIэ мыгувэу къыщIэкIащ текIуэныгъэм пасэIуэу щыгуфIыкIауэ. Сыту жыпIэмэ, адрей лъэныкъуэм — ар Египетым щыпсэухэм я зэхуэдитIщ — къэхъуар фIэкъабылкъым. Ахэр хабзэм тету хаха президентым къыщхьэщыжу губжьауэ уэрамхэм дыхьащ. Апхуэдэхэм я деж зэрыхъущи, мамыру пэкIу езыгъэкIуэкIхэм къахэкIащ бадзэуэгъуэм и 5-м Тахрир ебгъэрыкIуа, бадзэуэгъуэм и 8-м гвардием и IуэхущIапIэхэм ящыщ зыуэ Мурси щаIыгъыу зыхуагъэфащэм IэщэкIэ еуа экстремистхэр. Ар зыхъумэ сэлэтхэр къахэуэжащ. Абы иужькIэ «хьэрып гъатхэм» хэкIуэдахэм я бжыгъэм пщIы зыбжанэ къахэхъуащ.
АдэкIэ-щэ? ЗэпэщIэтыныгъэр зауэшхуэм хуэкIуэнкIэ хъунущ.
Псори зэхэплъхьэж хъунущ мыпхуэдэу: бжыгъэкIэ нэхъ мащIэ, ауэ щIэныгъэ, зи Iуэху еплъыкIэхэр зиIэ цIыхухэм ядакъым диным итхьэкъуахэм я жыIэм щIэту псэун. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, ар демократием и хабзэхэм къезэгъыркъым, ауэ къэралым кIыфIыгъэр щытепща курыт лIэщIыгъуэхэмкIэ игъэзэж хъуну?
СНЕГИРЕВ Владимир, Каир.
«Российская газета»
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29827.txt"
} |
Лажьэ зиIэмрэ лажьэншэхэмрэ
Пугачев къалэм махуэ зыбжанэкIэ цIыхухэр щызэхыхьэ-щызэхэкIыу щытащ.
Псоми щыщIидзар, фигу къэдгъэкIыжынщи, щIыпIэм хьэщIэу кIуа шэшэн Назиров Алий иукIа, илъэс 21-рэ зи ныбжь десантник Маржанов Руслан щIалъхьа иужьщ. Тхьэмахуэ махуэм гупышхуэ зэрыгъэхъуа къалэдэсхэр шэшэнхэр щыпсэу хьэблэмкIэ зэрыхьащ. «Псори ди щIыналъэм фикI!» жаIэу зэрыгъэкIийуэ. Блыщхьэм «Хьэлэл» кафем и гъунэгъуу щызэхуэсащ ар ягъэсын я мураду — а шхапIэм Кавказ Ищхъэрэм щыщхэрт нэхъыбэу щIыхьэр. ЗыкъэзыIэтахэр ещанэ махуэм район администрацэм и унэм екIуэлIащ, абы и унафэщI Сидоров Станислав епсэлъэну хуейуэ. Абыхэм къагъэувырт шэшэн псоми щIыналъэр ирагъэбгынэну.
— Сидоров! Ди сабийхэр хъумэ, — кIийрт цIыхубзхэр.
Зиусхьэн Сидоровым езым и кабинетым зыщигъэпщкIуат. Полицей лэжьакIуэхэм сапхрыкIри, сэ схузэфIэкIащ абы и деж сынэсын.
— Уэ ухэт? — къыщысIущIащ ар бжэщхьэIум тету. — Москва укъикIа? Сэ сызэпсэлъэнур щIыпIэ журналистхэрщ.
Абы хуабжьу гужьеяфэ тетт. «Пугачевщинэ» къыкъуэкIам зэрыбгъэдыхьэну щIыкIэр къыхуэгъуэту къыщIэкIынутэкъым. Илъэс 37-рэ зи ныбжь Сидоровыр 2012 гъэм районым и тет хъуауэ аращ. Абы и пэкIэ Саратов областым и пощт IэнатIэм къулыкъу зэмылIэужьыгъуэхэр щызэрихьащ.
«Къыфхуэдалъэхэм щхьэкIэ
фытхьэусыхэ»
Iэтащхьэр къыщIэкIыну тегушхуакъым. Къызэхуэсахэр абы сыхьэтрэ ныкъуэкIэ пэплъащ. Щымыхъум, федеральнэ гъуэгумкIэ яунэтIащ, ар зэхуащIын мурад яIэу. Уэшхышхуэ къыщIидзами, гупыр зэбгрыкIыжакъым. УнафэщIхэм я деж зышэну автобусхэр ягъэкIуа иужьщ щIыпIэр нэщI щыхъуар.
ЩэнхабзэмкIэ унэм къарузехьэхэр зи гъусэ вице-губернатор Фадеевым тхьэ щиIуащ Пугачев районым щIэпхъаджагъэ псоми кIэ щаритыну.
Бэрэжьейм аргуэру пэкIу зэхуэсащ. Абы Саратов областымкIэ МВД-м и унафэщI Арсенин Сергей щыжиIащ Пугачев и полицэм и Iэтащхьэ Лопаткин Игорь и къулыкъум зэрытригъэкIар — ар къалэм щекIуэкIхэм щыгъуазэт, арщхьэкIэ къаугъэ къэмыгъэхъуным теухуауэ зыри илэжьакъым.
Шэшэнхэм я
лъэужьхэр кIуэда?
Шэшэн псори къалэм дагъэIэпхъукIауэ блыщхьэ лъандэрэ ягъэхъыбарт, ауэ абы властхэр щыхьэт щытехъуар УФ-м и Президентым и лIыкIуэу Индыл Iуфэ федерал округым щыIэ Бабич Михаилрэ Саратов областым и губернатор Радаев Валерийрэ хэту пIащIэгъуэкIэ ирагъэкIуэкIа зэIущIэм иужькIэщ. Прессэри пIалъэ кIэщIкIэ псэлъэгъу ящIащ.
— Пэжщ, шэшэнхэм я щIалэгъуалэр Пугачев районым ирашыжащ, — жиIащ Бабич Михаил.
МахуитIкIэ сэрэ Саратов областым щыщ си лэжьэгъу Танаев Андрейрэ Пугачев къалэм шэшэнхэр къыщытлъыхъуащ:абыхэм ятеухуауэ псоми псори ящIэрт, арщхьэкIэ зыщыпсэухэр зыми уагъэлъагъуфынутэкъым. Таксим ирилажьэхэр къыддэIэпыкъуащ: къыджаIащ ищхъэрэ-къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ общежитым къыщытлъыхъуэну.
Къалэм и дэнэ щIыпIи хуэдэу, ищхъэрэ-къухьэпIэ лъэныкъуэми полицейхэр дэзт. Фызыжь гуэрым къыджиIащ зэрыхьзэрийм зэрыщIидзэу щIыпIэм щыпсэуа шэшэн псори зэрыщIэпхъуэжар. Я бжыгъэкIи ахэр иужь зэманым мащIэ дыдэт.
ДыщIэупщIэурэ, иужькIэ къэтщIащ Пугачев километр 60 хуэдизкIэ пэIэщIэ Любицкое, Клинцовкэ къуажэхэм шэшэнхэр зэрыщыпсэур. Ди фIэщ мыхъуурэ дыкIуащ. Любицкэ къуажэм дыщрихьэлIащ фадэм нэджэIуджэ зэрищIар нэрылъагъу урыс цIыхухъу зытхух. Абыхэм къыджаIащ «чеххэр» тракторхэр здэщыт щIыпIэ пхыдзам къыщытлъыхъуэн хуейуэ. ДыздэкIуэм гъуэгум дыщрихьэлIащ чэфыфI (а псалъэр абы къезэгъмэ) зиIэ зы тэтэр цIыхухъурэ цIыхубзрэ. Я пщIантIэхэм хьэ бзаджэхэр зэрыдэлъыр къыджаIэри, абыхэм шэшэнхэм я унэхэр дагъэлъэгъуащ.
— Сыт а шэшэнхэм мыбы щащIэр? — дыщIэупщIащ дэ.
— Щолажьэ. Сыт атIэ абыхэм нэгъуэщI ящIэнур, щефэкIэ — къызгурагъэIуащ тэтэрхэм. — Я динкIэ ахэр ефэну хуиткъым.
— Iэщышхуэ зэрахуэ, — щIагъужащ гъунэгъуу щыхъуакIуэ мэл хъушэр дагъэ-лъагъури.
— ЛIыщIэхэр яIэкъэ?
— Сыт зэращIынур? Зыгуэрхэр махуэ-махуитIкIэ къащыдэIэпыкъу щыIэщ ахъшэкIэ. Ахэр езыхэр цIыхуфIхэщ — ди гугъу къащIыркъым, я гугъуи тщIыркъым.
Уи унэжь хуэдэ щыIэкъым
Чырбышым къыхэщIыкIа унэ екIум и бжэм и уэзджынэм иткъуза пэтми, зыри къыщIэкIакъым. Дэ къыIутхащ бжэ хуэмыщIар. КIэлындорым тетт сабийхэр. Дыкъызэралъагъуу абыхэм загъэпщкIуащ.
НэгъуэщI унэм и бжэр къыIузыха цIыхубз нэIурыт Елизаветэ къыдгуригъэIуащ цIыхухъу псори губгъуэм зэрыщыIэр. НыбжьыщIэхэм Iэщ ягъэхъу, нэхъыжьхэр мэкъу йоуэ.
И щхьэгъусэмрэ и бынхэмрэ щIыгъуу, Елизаветэ мыбы къыщыхутащ, япэ шэшэн зауэм кърихужьэри. ЩIыпIэр къыхахат зэман кIыхь хъуауэ гъунэгъу къуажэм шэшэнхэр зэрыщыпсэум къыхэкIыу. Я гъусэу къэIэпхъуащ шэшэн унагъуипщI хуэдизи. Елизаветэ и псалъэхэм ятепщIыхьмэ, иджы абыхэм къуажэми нэгъуэщI щIыпIэхэми Iэщ щагъашхэ.
— ФМС-м и лэжьакIуэхэр фи деж щыIа? — дыщIэупщIащ дэ.
— ЩыIащ, — жэуап къыдитыжащ Елизаветэ. — Нобэ къэкIуащ цIыху гуэрхэр, ди паспортхэм еплъащ. Псори тэмэмщ.
Елизаветэрэ и щхьэгъусэмрэ пхъуитIрэ къуиплIрэ яIэщ. Нэгъабэ щIымахуэм Iугъуэм итхьэлащ я къуэ нэхъыжьымрэ абы и фызымрэ. Иджы унагъуэм апхуэдиз Iэщ езым и къарукIэ зэрехьэ.
— Апхуэдэ лэжьыгъэр дауэ фи къару дэхуэрэ?- догъэщIагъуэ дэ.
— Мэлу диIэм я бжыгъэр щэм нызэрохьэс. Жэмхэр блыщI мэхъу. Абыхэм ящыщу къэтшыр 8 къудейрщ, адрейхэр догъашхэри дощэ.
— Лизэ, Пугачев къыщыхъуам иужькIэ фэ, шэшэнхэр, фышынэркъэ?
— Япэ шэшэн зауэм щытлъэгъуам иужькIэ дэ зыми дыщышынэжыркъым, — жэуап къыдет, пыгуфIыкIыурэ. Абы нэхърэ нэхъ шынагъуэ тлъагъунукъым… Ди гъунэгъухэмрэ дэрэ фIыуэ дызэхущытщ. Си бынхэр урысхэми тэтэрхэми я ныбжьэгъуфIхэщ.
ИужькIэ дэ дыхуэзащ Елизаветэ и къуэ, илъэс 16 зи ныбжь Ислъам. Абы езым и закъуэ мэл хъушэ игъэхъурт. Куэдрэ хуеякъым къыдэпсэлъэн. АрщхьэкIэ иужькIэ къыджиIащ Шэшэным игъэзэжыну зэрыхуейр — уи унэжь хуэдэ щыIэкъым…
Дэ депсэлъащ къуажэдэс фызыжьхэми. Шэшэнхэм щхьэкIэ тхьэусыхэжыркъым: нэхъапэм Iэщ ядыгъурт, иджы ядыгъужыркъым, лэжьакIуэшхуэхэщ, нэхъыщхьэращи, ефэхэркъым. Сыт атIэ урысхэмрэ тэтэрхэмрэ Iэщ щIамыгъашхэр? Гъэсыныпхъэхэри Iусыпхъэхэри лъапIэщи.
Хьэуэ, сэ шэшэн псори згъэзахуэркъым. Мыбы къэкIуа бзаджэнаджэм иIыгъар скальпельщ: ищIэрт сэ къыкъуахмэ, зэраубыдынур. Абы мурад бзаджэ иIащ икIи ар зыми игъэзэхуэфынукъым.
Варсегов Николай.
«Комсомольская правда»
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29830.txt"
} |
Мы махуэхэм
Бадзэуэгъуэм и 18, махуэку
МамырщIэкъу цIэрыIуэ Манделэ Нельсон и дунейпсо махуэщ
Урысейм и МЧС-м мафIэс къэмыгъэхъуным кIэлъыплъ и къэрал IуэхущIапIэм и махуэщ
1963 гъэм къызэрагъэпэщащ Ищхъэрэ флотым и псыщIагърыкIуэ атом кхъухьхэм я дивизэр.
Ди эрэм и 64 гъэм Рим мафIэм исат. ЩIыпIэ 14-м щыщу къэнар 4 къудейт.
1941 гъэм Къардэн Къубатий япэ фашист кхъухьлъатэр къриудыхащ.
Къэрал лэжьакIуэ, политик Громыкэ Андрей къызэралъхурэ илъэси 104-рэ ирокъу.
ТхакIуэ, литературэдж, искусствовед, критик КIурашын БетIал къызэралъхурэ илъэс 81-рэ ирокъу.
КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, УФ-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Зумакуловэ Танзиля къыщалъхуа махуэщ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, уэшх тIэкIу къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 24 — 25-рэ, жэщым градус 19 — 21-рэ щыхъунущ.
Бадзэуэгъуэм и 19, мэрем
Урысейм и МВД-м и юридическэ къулыкъум и махуэщ
1942 гъэм Къардэн Къубатий Березовскэ куейм фашист кхъухьлъатитI къыщриудыхащ.
1903 гъэм ЛъакъуэрыгъажэмкIэ япэ дунейпсо зэпеуэр екIуэкIащ.
1980 гъэм Москва щыщIидзащ ХХII Гъэмахуэ Олимп Джэгухэм.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 20 — 22-рэ, жэщым градус 15 — 19 щыхъунущ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29832.txt"
} |
«Селигер-2013» форумым
АДЫГЕЙ. Адыгейм и щIалэгъуалэ жыджэру 18 зыхэт гуп «Селигер-2013» урысейпсо щIалэгъуалэ егъэджэныгъэ форумым я зэфIэкI щагъэлъэгъуэнущ.
Бадзэуэгъуэм и 14 — 21-хэм екIуэкIыну а форумым хэтыну Iэмал зыгъуэта республикэм щыщ щIалэгъуалэ гупыр унэтIыныгъэ зэхуэмыдэхэм зыщагъэлъэгъуэну я мурадщ. Утыку кърахьэнущ «АРТ Квадрат», «Псори унэм», «ЩIалэгъуалэ хьэрычэт Iуэху», «КъыскIэлъыжэ», «Инновацэхэр, техникэ творчествэ» проектхэр.
Форумым щIалэгъуалэм Адыгейм щыпхагъэкIыну я проектхэр нэщIыса хъунымкIэ зыхуеину щIэныгъэрэ Iэмалрэ зыIэрагъэхьэну Iэмал къарет. Республикэм щIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ и комитетым щыгъуазэ дызэрищIамкIэ, иджы етхуанэу «Селигер» форумым кIуэнымкIэ щIалэгъуалэм зыщIагъакъуэ мылъкукIи, ар къызэгъэпэщынымкIи.
ЗэгурыIуэныгъэм Iэ щIадз
КЪЭРЭШЕЙ-ШЭРДЖЭС. Республикэм Узыншагъэр хъумэнымкIэ, Лэжьыгъэмрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэхэм, УФ-м и МЧС-м и Управленэу КъШР-м щыIэм я зэдэлэжьэныгъэм теухуа зэгурыIуэныгъэхэр Къэрэшей-Шэрджэсым и Дин IуэхущапIэмрэ Пятигорск, Черкесск епархиемрэ иращIылIащ.
А Iуэхугъуэм и къызэгъэпэщакIуэщ КъШР-м Лъэпкъ IуэхухэмкIэ, цIыхубэ коммуникацэмрэ печатымкIэ и министерствэр. КъШР-м и Правительствэм и унафэщIым и къуэдзэ Суюнов Джанибек къыхигъэщащ зэращIылIа зэгурыIуэныгъэр сыт и лъэныкъуэкIи зэIухауэ, зэкъуэту зэдэлэжьэным и шэсыпIэу зэрыщытыр.
УЭРДОКЪУЭ Женя.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29835.txt"
} |
Къанокъуэ Арсен фIыщIэ къыхуащI
2013 гъэм мэкъуауэгъуэм и 1-м къыщыщIэдзауэ 30-р къэсыху Къэбэрдей-Балъкъэрым и Интернет-егъэблэгъапIэм (www.glava.kbr.ru) зыкъыхуагъэзащ цIыху 206-м. Республикэм щыпсэухэм я нэхъыбэр егъэпIейтей псэупIэм егъэщIылIа Iуэхухэм (тхыгъэ 56-рэ). ЛэжьапIэ къагъуэтынымкIэ къыдэIэпыкъуну республикэм и Iэтащхьэм къелъэIуащ цIыху 12. Узыншагъэр хъумэным, егъэджэныгъэм я IэнатIэхэм цIыху 23-рэ, ЖКХ-м и Iуэху-тхьэбзэхэр зыхуэдэм цIыху 16 топсэлъыхь. ЩIыпIэ самоуправленэм и органхэмрэ ЖКХ-м и IуэхущIапIэхэмрэ я лэжьыгъэр зыхуэдэр къаIуатэ цIыху 75-м. ЦIыхуи 7-м Къанокъуэ Арсен фIыщIэ псалъэхэмкIэ зыхуагъэзащ.
«Балъкъ ауз» къэфакIуэ гупу Малкэ къуажэм щыщым хэтхэм я адэ-анэхэм Къанокъуэ Арсен и Интернет-егъэблагъапIэм зыкъыхуагъэзащ Москва щекIуэкIыну Урысейпсо хореографие зэпеуэм я бынхэр кIуэнымкIэ защIигъэкъуэну къелъэIуу. КъБР-м и Iэтащхьэр адэ-анэхэм я тхыгъэм пэджэжащ икIи гъуаз-джэхэм я «Кавказым и вагъуэхэр Москва щоблэ» фестивалым гупыр кIуэнымкIэ ядэIэ-пыкъуащ. Ди сабийхэр езыхэм я ныбжьхэр зыхэта зэпеуэм щытекIуащ икIи фестивалым и Гран-при-р къахьащ, медалхэмрэ щIыхь тхылъхэмрэ къыхуагъэфэщащ. Абы и мызакъуэу щIалэ, хъыджэбз цIыкIухэр къэралым и псей нэхъыщхьэм — Кремлым щагъэувам — щыIащ, ди къэралым и щыхьэрым и щIыпIэ нэхъ дахэхэр къаплъыхьащ.
Налшык щыпсэу Аулъэ Елизаветэ КъБР-м и Iэтащхьэм зыхуигъэзащ лэжьапIэ къигъуэтынымкIэ дэIэпыкъуну къелъэIуу. «Сэ компьютер технологиехэмкIэ инженерым и щIэныгъэ сиIэщ ауэ а IэщIагъэм срилэжьакъым. ПщIэ зыхуэсщI Арсен, Башир и къуэ! СынолъэIу лэжьапIэ къэзгъуэтынымкIэ укъыздэIэпыкъуну», — къыщыгъэлъэгъуащ тхыгъэм. Къанокъуэ Арсен пщэрылъ зэращищIам ипкъ иткIэ, Аулъэ Елизаветэ ирагъэблэгъащ проводник ныкъуэ IэмэпсымэхэмкIэ Налшык заводым. Абы къыщепсэлъэнущ «Микроэлектроникэм и инженер» IэщIагъэм зэрыхэзагъэм теухуауэ.
Белэ Речкэ къуажэм щыпсэу Гергоковэ Чэзибан Къанокъуэ Арсен хуэтхьэусыхащ псы зэрыкIуэ бжьамийр кхъахэ хъуауэ жиIэри. Абы къыхэкIыу псыр унэ кIуэцIым нос. Ари гулъытэншэу къигъэнакъым. «Водоканал» IуэхущIапIэм псы зэрыкIуэ бжьамийуэ метр 80 иукъуэдиящ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ Гергоковэ Чэзибан и лъэIур ягъэзэщIащ.
Дон Iус Ростов щыпсэу Матущенкэ Вячеслав псалъэ гуапэхэмкIэ республикэм и Iэтащхьэм зыкъыхуигъэзащ: «ПщIэ зыхуэтщI Арсен Башир и къуэ! Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм хьэщIэхэр фIы дыдэу зэрыщрагъэблагъэмкIэ фIыщIэ пхуэсщIыну хуит сыщI! Си щхьэгъусэмрэ сэрэ накъыгъэм Налшык зыщыдгъэпсэхуащ. Къалэр, паркыр, абы къегъэщIылIа щIыпIэ хьэлэмэтхэр къабзэщ, зыхуей хуэгъэзащ, республикэр мамырщ, уасэхэр щыинкъым. Къалэм дыщыIэхукIэ дэ зы цIыху чэфу дрихьэлIакъым, дызыхуэзахэр цIыхуфI защIэщ. Мыбы щыIэкъым рекламэ хэIэтыкIахэр, зэрызехьэхэр, пивэ е тутын къудей щащэ тыкуэныжь цIыкIухэр! Сэ си гугъащ гупсэхугъуэ щыбгъуэтын щIыпIэ Урысейм имыIэжу… ЕхъулIэныгъэхэр уиIэну, КъБР-м и зыгъэпсэхупIэхэм нэхъри зевгъэужьыну, фи щэнхабзэ хьэлэмэтыр фхъумэну сынывохъуэхъу. Сэ сыхуейщ фи щIыналъэ дахащэм деплъын, фи цIыхухэм я гуапагъэр аргуэру зыхэтщIэн папщIэ дяпэкIи фи деж дыкъэкIуэну!»
КъБР-м и Iэтащхьэмрэ и Правительствэмрэ
я пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29837.txt"
} |
ЩIэныгъэр и лъабжьэщ
«Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм агропромышленнэ комплексым зэпIэзэрыту зыщегъэужьыныр щIэныгъэр и лъабжьэу къызэгъэпэщын». Аращ зытеухуар Налшык «Синдикэ» хьэщIэщIым дыгъуасэ къыщыхалъхьа урысейпсо щIэныгъэ-практикэ конференцыр.
Къэбэрдей-Балъкъэрым мэкъумэш хозяйствэмкIэ и щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и унафэщI Мэремыкъуэ Арсен зэIущIэр къызэIуиха нэужь, иужьрей илъэсхэм республикэм и АПК-м зэрызиужьым, программэ хэхахэр зэрагъэзащIэм хэзыгъэгъуазэ фильм кIэщI ягъэлъэгъуащ.
Зэхуэсышхуэм кърихьэлIахэм фIыщIэ яхуищIри, КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен и фIэхъус псалъэм къыщыхигъэщащ зытепсэлъыхьыну я мурад Iуэхугъуэхэм мыхьэнэшхуэ зэраIэр, гъащIэмрэ зэманымрэ къагъэув къалэнхэм ахэр лъэныкъуэ куэдкIэ зэрапэджэжыр икIи я лэжьыгъэр купщIафэу щытыну зэригуапэр.
Япэу зэпкърахащ КИФЩI-м мэкъумэш къэкIыгъэхэр зэрыщащIэ технологиехэр егъэфIэкIуэным теухуа инновацэ унэтIыныгъэхэр зыхуэдэр, щIым и зехьэкIэм щIэныгъэ-методикэ лъабжьэ быдэ къыхузэгъэпэщынымкIэ лэжьыгъэхэр, хьэсэхэм я зехьэкIэм къыщыгъэсэбэпыпхъэ Iэмал гъэунэхуахэр зыхуэдэр, нэгъуэщIхэри.
Iэщ гъэхъуным зегъэужьыным хуэунэтIауэ щыIэ хэкIыпIэхэм шэджагъуэ нэужьым тепсэлъыхьащ, республикэм и гъавэ щIапIэхэм еплъащ, адыгэш лъэпкъ къабзэхэр къызэрагъэхъу щIыкIэм зыхагъэгъуэзащ.
Нобэ конференцым и лэжьыгъэм пищэнущ.
КЪУМАХУЭ Аслъэн.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29839.txt"
} |
Адыгэ псынэ
Нало Заур хузотх
Усэбзэм къыхэщыр
Уи макъ и щабагъщ,
Усэбзэм сыздишэр
Ди лъэпкъ и бгъуэнщIагъщ.
Iудох абрэмывэр,
Шыр щыщу щIолъэт.
Ди лъэпкъым и псысэ —
ПщIыхьэпIэм сыхэтщ.
Зэм сохъу Хур хъыджэбз,
Щауэу щыIэр къыстелIэу,
Данэхурэ данапIэм
ЗызгъафIэу сыхэлъу…
Зэм сохъу Уд фызыжь,
Шыбз гуартэр зыгъэхъу.
Зы шыщIэ зэстынум
И фибл тызогъэху…
Ди лъэпкъым и псысэр
Зытхыж Дадэ махуэм
ЖысIэнур сегъащIэ:
«Уэ ухъу жьыщхьэ махуэ!»
Ди лъэпкъ къиIуэтахэм
Си гугъэр щобагъуэ,
Си нитIыр щохъуапсэ,
ЯщIэлъщ адыгагъэ…
Къаныкъуэ Заринэ.
«Анэдэлъхубзэм и псынащхьэ»
Мы тхылъым щызэхуэхьэсащ Бещтокъуэ Хьэбас ди лъэпкъ литературэм, щэнхабзэм, бзэм, усакIуэ, тхакIуэ ныбжьыщIэхэм ятеухуауэ жиIамрэ итхамрэ. «Рецидив лирического» интервьюр абыхэм ящыщ зыщ, нэхъыбэу зытеухуари Нало Заурщ.
Тхыгъэм кIэщIу къыхэтхар зэрыурысыбзэу къыдогъэнэж.
— Когда я познакомился с Зауром, он был автором одного поэтического сборника — «Язык птиц», вышедшего в 1959 году, а также большого количества научных статей. Совершенно честно, глядя вам в глаза, как профессиональный литератор говорю: данный сборник был и остается одним из лучших в кабардинской лирике. Это был период, когда после большого барабанного гула послевоенных лет мы, наконец, услышали подлинное человеческое дыхание поэзии. И сборник этот, как и некоторые другие, стал первой ласточкой чистого весеннего дыхания. Многие стихи из него вошли в хрестоматии. Что же касается жанра лирической поэзии, то лет, кажется, через тринадцать, точно не помню, Заур издал второй сборник. И мне он кажется слабее, чем первый. Шло в эти годы какое-то противоборство в нем — между человеком искусства и науки. Аналитик он исключительно глубокий, интеллект мощный, против которого устоять трудно. Скажу о главном. Нужно большое мужество, чтобы суметь, чувствуя, что ты как ученый можешь сделать больше, наступить на горло собственной песне. Он сделал так, но отнюдь не стал ниже. По всей вероятности, Заур Налоев как великий поэт не состоялся бы, но он позволил себе стать, как некоторые его современники, строкогоном. Он остановился там, где ему можно сказать спасибо и не очень упрекнуть за то, что он отошел от этого жанра. Судя по всему, с годами наука его все больше захватывала.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29846.txt"
} |
ДжэгуакIуэхэр егъэлъапIэ
Нало Заур и щIэныгъэ лэжьыгъэ нэхъыщхьэхэр, дэ дызэреплъымкIэ, дунейм къыщытехьар Гуманитар къэхутэныгъэ институтым къигъэзэжа нэужьщ. Абы къикIыркъым нэхъапэIуэкIэ щIэныгъэлIыр зэлэжьа икIи къыдигъэкIа тхылъхэмрэ тхыгъэхэмрэ я мыхьэнэр нэхъ цIыкIуу. Ауэ къэрал идеологие пыухыкIам и хабзэхэм къапыкIыу, езым и гупсысэхэмрэ Iуэху еплъыкIэхэмрэ къыщиIуэта иужьрей лэжьыгъэхэр егъэлеяуэ лъапIэщ лъэпкъ щIэныгъэм, зэрыщыту адыгэ щэнхабзэм дежкIэ. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, Заур и гуащIэ ин зрихьэлIа лэжьыгъэшхуэхэр: «Нало Жансэхъу. Литературей щIэиныр» (2004), «Къылышбий Исмэхьил. МафIэм имыса усэхэр» (2009), «Адыгэ литературэм и тхыдэм» папщIэ игъэхьэзыра «Иджырей адыгэ литературэм и япэ лъэбакъуэхэр» (2010) тхыгъэшхуэр, «Ипэрей адыгэбзэ литературэм и антологие» (2010), «Институт джегуако» (2011), ЩоджэнцIыкIу Алий, КIыщокъуэ Алим, Елбэд Хьэсэн, КIуащ БетIал, КъардэнгъущI Зырамыку сымэ, нэгъуэщIхэми ятеухуауэ журналхэмрэ газетхэмрэ къытрыригъэдза тхыгъэхэр. Мыхэр лъэпкъ литературэ щIэныгъэм и лъагапIэщ, икIи дэтхэнэми къелэжь иджырей щIэныгъэм и IэмалхэмкIэ къэхутауэ яхуэфащэ пщIэри егъэгъуэтыжын хуейуэ.
ЕЗЫР апхуэдэут къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэм зэрабгъэдыхьэр. Заур къызэрилъытэмкIэ, лъэпкъ литературэм и тхыдэр зэи щыз хъунукъым абы зегъэужьыным, зы мэскъал хуэдиз фIэкIа мыхъуми, зи къарурэ зэфIэкIрэ хэзылъхьа дэтхэнэми хуэфащэ пщIэ лъымыгъэсыжауэ. Арат езым Iуэху нэхъ гугъу дыдэхэр, зетпщытыну дэ дызытемыгушхуэхэр, зэфIихыну щIеувалIэр. Абы и зы щапхъэ. Нало Заур и пщэ дилъхьэжат адыгэ псоми зэдай тхыбзэ къэунэхуным и пэ къихуэу адыгэбзэкIэ тхауэ (Iэрытхми тедзами) щыIэхэр къиугъуеижу, жьэрыIуатэу адыгэ джэгуакIуэжь-усакIуэхэм яусауэ ди деж къэсахэр зэхуихьэсыжу тхылъ щхьэхуэу къыдигъэкIыжыну. Абы ехьэлIауэ Заур лъэпкъым къытхуищIам куэд къыбжезымыIэ, ауэ десэжауэ Iэджэрэ къэдгъэсэбэп «лэжьыгъэшхуэ зэфIигъэкIащ» псалъэхэр хужыпIэныр фэрыщIагъэщ икIи гуэныхьщ.
Налом и сабий усэ цIыкIум: «ФщIэрэ фэ а бзэм (адыгэбзэм) и лIыгъэр?» — жиIэу зэрыщыщIэупщIам ирита жэуапым и инагъым хуэдизу къигъэлъэгъуащ блэкIа лIэщIыгъуэхэм адыгэбзэр зыгъэбзэрэбза лъэпкъ усакIуэхэм, узэщIакIуэм, джэгуакIуэхэм я лIыгъэр. Езыхэм зэхалъхьэжа алыфбейкIэ е хамэбзэхэм ейхэр къагъэсэбэпурэ тхэуэ щыта Нэгумэ Шорэ, Бырсей Умар, ХьэтIохъущокъуэ Къазий, Тамбий Пагуэ, Куп Исмел, ШэкIыхьэщIэ Пщыкъан, Дым Iэдэм, Цагъуэ Нурий, ЩэрэлIокъуэ Талъостэн, ПащIэ Бэчмырзэ, Къылышбий Исмэхьил, ЩоджэнцIыкIу Алий (и япэ усэхэр), нэгъуэщIхэми я тхыгъэхэр, езыр зыпэлъэщыр иджырей алыфбеймкIэ итхыжурэ, нэхъ гурыIуэгъуейхэр щIэныгъэлI гуэрхэр иригъэлэжьурэ зэхуихьэсыжщ, текстхэр иузэщIыжщ, ахэр зэпкърызых, гурыIуэгъуафIэ зыщI пэублэ псалъэрэ еIуэлIапхъэхэмрэ хуищIыжри зы тхылъу къыдигъэкIыжащ. Зи гугъу тщIы «Ипэрей адыгэбзэ литературэм и антологием» щIэныгъэлIым хигъэхьащ лъэпкъым тхыбзэ иIэным и пэ къихуэу щыIа жьэрыIуэтэбзэ литературэри: Абазэ Къамбот, Аулъэ Тхьэщауэ, Агънокъуэ Лашэ, Мыжей Сэхьид, Сыжажэ Къылъшыкъуэ, Выкхъэ Шухьиб, нэгъуэщIхэми я усэхэр, уэрэдхэр, гушыIэхэмрэ ауанхэмрэ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, адыгэбзэкIэ къагъэщIауэ Налом ди пащхьэ кърилъхьэжа художественнэ тхыгъэхэм я фIыщIэкIэ лъэпкъ литературэм и тхыдэм лъэхъэнэ псо къыхэувэжащ, «Адыгэ литературэм и тхыдэр ХIХ лIэщIыгъуэмрэ ХХ и пэщIэдзэмрэ» жиIэу.
ТХЫДЭМ зыри хэху мыхъуну Заур къилъытэу зэрыщытам иджыри и зы щапхъэщ Нало Жансэхъурэ Къылышбий Исмэхьилрэ ятеухуа лэжьыгъэ щхьэпэхэри. ТхакIуэ, литературэ критик цIэрыIуэ Нало Жансэхъу теухуауэ щыIэр нэхъыбэ мэхъури, мы тхыгъэ кIэщIым абы зыщезгъэубгъуну сыхуейкъым, ауэ къыпхуэмылъытэнум хуэдизу инщ Къылышбийм и гъащIэм и къекIуэкIыкIамрэ и литературэ щIэинхэмрэ зэхуэхьэсыжыным ехьэлIауэ Заур иригъэкIуэкIа лэжьыгъэм и мыхьэнэр. И зэфIэкIкIэ ЩоджэнцIыкIу Алий къыбгъурыувэфыну щыта усакIуэм Iэмал иратакъым зишэщIыну, зиузэщIыну, абы и талантыр политикэ залымыгъэхэм я илъэсхэм хисхьащ.
«Исмэхьил и лирикэр хэмытмэ, ди литературэ тхыдэр ныкъуэу къэнэнущ, — итхыгъащ Налом, — ауэ абы и усыгъэм и мыхьэнэр тхыдэр зэрыригъэкъужым и закъуэкъым — а цIыху телъыджэм и гупсысэкIэ-усэкIэр, и тематикэр усакIуэхэми тхылъеджэхэми хъер къызыхахын фIыгъуэщ.
ДАХ-м и тхьэмадэ Къалмыкъ Юрэрэ абы и щхьэгъусэ Октябринэрэ я гъусэу зегъэпсэху.Сыхъум, 1992 гъэ
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и лIыкIуэхэр Иорданием и принц Хьэсэн бен-ТIалал и хьэщIэщ. Амман, 1999 гъэ
Хьэткъуэ Раджаб Фатхьи, Нало Заур, ХьэщIэцIыкIу Аднан сымэ жылагъуэ IуэхухэмкIэ Голландием щыIэ «Ден-Алердинк» центрым зыщагъэпсэху. 1990 гъэ
ИкIэщIыращи, абы къыщIэна тхыгъэхэр ноби ди литературэм хуэсэбэпын хэхъуэщ». Налом и фIыгъэкIэ Къылышбий Исмэхьил и цIэр лъэпкъ литературэм и тхыдэм зэхуэфащэу къыхэувэжащ, иджы абы и тхыгъэхэр курыт еджапIэми университетми адыгэ литературэмкIэ и программэм хэту щадж.
Мы къэдгъэлъэгъуа лэжьыгъэ псори лъэпкъ щIэныгъэм дежкIэ щIэщ икIи мыхьэнэшхуэ зиIэщ. Ауэ щIэныгъэлIхэми езы Заури къызэрилъытэу щытамкIи абы и лэжьыгъэ нэхъыщхьэр «Институт джегуако» щIэныгъэ-къэхутэныгъэрщ. Налом мыбы щызэпкърихащ лъэпкъ щэнхабзэм и зы Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэныщэ — лъэпкъ джэгуакIуэжьхэм я лъабжьэр къыщежьар, абы зэрызиузэщIар, иужькIэ профессиональнэ гъуазджэм зэрыхуэкIуэжар. Абы къыдэкIуэу мы лэжьыгъэм гулъытэ щигъуэтащ лъэпкъ усыгъэм, музыкэ, театр гъуазджэм, къафэм, лъэпкъ щэнхабзэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ нэгъуэщI Iуэхугъуэхэми. Тхылъыр зэпэщу дунейм къызэрытехьамкIэ фIыщIэ лей хуэщIыпхъэщ лэжьыгъэр зыхуей хуэгъэзэным егугъуа профессор Гъут Iэдэми. ЩIэныгъэлI цIэрыIуитIым я гуащIэ зэгъэуIуакIэ къыдэкIа тхылъыр лъэпкъ щIэныгъэм и нэхъыфI дыдэхэм ящыщ зыщ икIи, сэ сыхуитамэ, КъБР-м и Къэрал саугъэт иратыну къагъэлъэгъуа псори езгъэкIуэтэкIынти, Нало Заур и гъащIэ псор зытрилъхьа «Институт джегуако» лэжьыгъэр къыхэсхынт. СиIуэхущ ар къэрал утыку ипхьэ хъуну лэжьыгъэу щымытмэ, саугъэт зратынухэр къыхэзых комиссэм хэтхэм я пщIэр абы къимыIэттэмэ!
ТIымыжь Хьэмыщэ,
филологие щIэныгъэхэм я доктор,
КъБКъУ-м и профессор.
Си дэлъху ерыщыр
Дэ мэкъумэшыщIэ унагъуэм дыкъыхэкIащ. Ди адэ Нало Мухьэмэт хуэдэу щIыр фIыуэ зылъагъу щыIами закъуэтIакъуэщ. Арауэ къыщIэкIынт ди адэ мыгъуэр качественникыу (а зэманым щыIащ апхуэдэ къалэни) колхоз губгъуэм щIитар. Ди анэри лэжьакIуэшхуэт, «страховкэ» цIэр зэрихьэрти, зыгъэпсэхугъуэ игъуэтыртэкъым. Дэ, а тIум я бынхэр — Уэлий, сэ, Заур — дыкъэхъурт ди адэ-анэм я щапхъэм дыщIэту. Псоми къалэн зырызыххэ диIэт, лэжьыгъэм пщIэ худагъэщIырт. Ди анэ мыгъуэм къыджиIэрейт: «ПцIым, дыгъуэным, бзэгу зехьэным нэхъ хьэл Iей дунейм теткъыми, зыщыфхъумэ! Зэ пцIы къысхуэвупсамэ, етIуанэу жыфIэр си фIэщ хъужынукъым… Ди къэралыр планкIэщ зэрыпсэур, ауэ щыхъукIэ, унагъуэми иIэн хуейщ план, махуэ къэс нэху укъекIын хуейщ пщIэнумрэ блэжьынумрэ уи щхьэм иту».
Нало Къарэ. 1969 гъэ Мис апхуэдэу ди анэм унагъуэр къэралым иригъапщэрт.
Заур нэхъыщIэ дыдэти, къалэнышхуэ и пщэм къыдэхуэртэкъым, уеблэмэ ягъафIэрт. Ди адэр «Беижьт» абы къызэреджэр, бей мыхъуа щхьэкIэ.
Заур, адрей щIалэ цIыкIухэми хуэдэу, Урыху псыхъуэ къыдэкIыртэкъым, «псыхьэлъахуэ» хъуху зигъэпскIырт, есыкIэкIэ Iэзэт, сабий пэтми. Гъэмахуэр къэсрэ тут мэракIуэр хъуа нэужь, Къуэдзокъуэхэ я щIалэ цIыкIу и ныбжьэгъумрэ езымрэ жьыуэ тэджырти, мэракIуейм пышхыхьырт, мэракIуэкIэ я напэри я щIыфэри зэхацIалэрти, шейтIану псыхъуэм дэлъэдэжхэрт. А тIур хьэблэ мэракIуейм пышхыхьа нэужьт адрей щIалэ цIыкIухэр къыщежьэр. Жэщ хъуху псыхъуэм дэст зэныбжьэгъухэр. Заур зигъэпскIын къудейтэкъым псыхъуэм щIэкIуэр, атIэ ятIэм Iэджэ къыхищIыкIырт: цIыху, унэ, былым сурэт зэмылIэужьыгъуэ куэд. Заур ятIэр пластилиным хуэдэу игъэIэкIуэлъакIуэрт. И Iэпэм пшахъуэпсыр пигъэткIуурэ «къалэшхуэ» иухуэрт, уэрам хьэлэмэтхэр иIэу. Абы псыхъуэм къыдина и IэрыкIхэм дгъэщIагъуэу деплъырт, дахузэгуэпамэ, зэхэткъутэрти, абы и ужьыр «зауэт».
Ауэрэ, и школ щIэтIысхьэгъуэр къэсри, школым кIуэуэ хуежьащ, хъыданым къыхэщIыкIа къэлътмакъым и тхылъхэр илъу. Ар фIыуэ еджэрти, къуейщIеями къыхуагъэгъурт. Пэжщ, зэгуэрым егъэджакIуэм ди анэр школым ириджауэ щытащ: тхылъ зэджэу иIыгъым и напэхэр пшынэкум ещхьу зэкIуэцIилъхьэу къиубыдат. Абы щхьэкIэ ди анэм Заур псалъэмакъ ирищIэкIащ, унэм къэкIуэжа нэужь.
Заур фIэфIт Iэхъуэн. Ди шкIэр, къазхэр дихурт ныджэми, щигъэхъуакIуэрт. Ауэ ар гъуэмылэншэу «Iэхъуэ» пхудэкIынутэкъым. Гъуэмылэр илъыну щэкI къэлътмакъ иригъэдауэ ар пщIэхэлъу, башыр иIыгъыу «Iэхъуэ» дэкIырт ифIэщыпсу. Псом хуэмыдэу Заур фIыуэ илъагъурт шы. Махуэ гуэрым ди гъунэгъум ар дигъэкIат и шитI лъэхъауэ губгъуэм итыр къригъэшэжыну. Ауэ хамэ шитI къыхуихури къэкIуэжащ: шы псори зэщхьу фIэкIа къыщыхъуртэкъым. Апхуэдэу ди хывыр къихужыну ягъэкIуамэ, хамэ хыв къытхуихурт. А «игъэхъу» хывышхуэ цIыкIури хигъэзэрыхьырт адрей хывышкIэхэм, езым димыхуамэ.
Заур шхэным хуэнэпсейуэ щытакъым, фIэмыфIи пхуишхынутэкъым, Iупэцабэу щытащ. Фошыгъу шей стэкан хуагъэуварэ, зы шей удз цIыкIу хэлъу илъэгъуамэ, «гъы хэлъщ» жиIэрти зигъэгусэрт. Тхьэм ещIэ а шей удзыр абы зригъэщхьыр! Шхэгъуеижь цIыкIуу зэрыщытара хъунт ар къуэгъурэ псыгъуабзэу къыщIэтэджари.
Заур нэхъ къыдэкIуэтея нэужь, сурэт щIыным зритауэ щытащ, икIи дэгъуэу ищIырт, черченэми фIыуэ хэзагъэрт. Псом хуэмыдэу цIыху сурэт щIыным дихьэхыу хуежьат. Пушкин, Гоголь, Шевченкэ, ди адэм я сурэт абы ищIауэ щытахэр си нэгум ноби щIэтщ. Ауэ сщIэркъым сурэт щIыныр абы IэщIыб ищIыжауэ щIыщытар.
Заур мэлажьэ. 1979 гъэ
Заур. 1984 гъэ
Япэ дыдэ ди къуажэм щыщу лыжэм теувар Заурт. ЩIымахуэм тыншу лыжэм тету къижыхьыфырт. Езым ищIа лъэрыжэкIи Iуащхьэ лъагэм къежэхыфырт. ЩIымахуэ жэщ кIыхьым хьэблэ щIалэ цIыкIухэм яхэту хъуромэ джэгурт, я кIий макъым хьэхэр дэбанэу.
Заур куэдым зрипщыту, зыIэпишэу щытащ: пхъэм къыхищIыкIырт гуащэ сурэт, джэдыкIэ иритшхыну унагъуэм ис псоми пхъампэ зырыз тхуищIырт, зэхэмыгъуэщэну дамыгъэ зэмыщхь тещIыхьауэ. Пхъэм фоч, сэшхуэ къыхищIыкIырти, ахэр пщIыхэлъу, и ныбжьэгъухэм яхэтт къехъуапсэу. Заур ныбжьэгъу куэд къыкIэлъыкIуэрт, фIыуи къалъагъурт, езыри тэмэму ядэджэгурт. Ауэ, сыт хуэдэу яхущымытами, и фочыр зыпщIыхихыу, зыми иригъэIыгъыртэкъым.
ЗАУР и сабиигъуэр зауэ бзаджэм хиубыдащ. Нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэр къыщысам, ар еханэ классым щеджэу арат. Колхоз мылъкур нэмыцэхэм Iэрамыгъэхьэн папщIэ унагъуэхэм щытрагуашэм, зылъэмыкIым IэфракIэ и Iыхьэщ жыхуаIэрати, фызабэ унагъуиблым зы выгу зэщIэщIат къалъысар. А унагъуэм пыIэ зыщхьэрыгъыу исыр Заур и закъуэти, арат я выгу зехуэр. Махуэ къэс мэз кIуэурэ, пхъэ гъэсын къахуишэрт.
ЩыцIыкIум къыщыщIэдзауэ Заур сыткIи фIэрафIэт, псэ щабэ Iутт, гущIэгъулыт. Абы и зы щапхъэ: фIигъэжын дэнэ къэна, езым щхьэкIэ джэд е гуэгуш фIагъэжу идэртэкъым икIи пхуишхынутэкъым. Ди анэм елъэIурт: «Сэр папщIэ джэди гуэгуши фIумыгъэж, ахэми псэун, дунейм тетын яфIэфIщ», — жиIэрти. Зэгуэрым ди танэр щIымахуэ шхыну фIагъэжыжати, Заур абы и лым щыщ яхуишхыгъакъым.
Ди щIапIэмрэ колхоз пщIантIэмрэ зэбгъэдэтт. Абы колхоз машинэхэр дэтт, гъавэри щахъумэрт, кIыщри арат зыдэтыр. Ар теупIэ хуэхъуащ Заур. Шэдыбжьым ирагъапщэм, уадэ ирагъауэурэ, гъукIэ IэщIагъэм зыIэпишащ. Заур щIэх дыдэу а IэщIагъэр къищтащ. Абы ищIу къригъэжьащ гъубжым къыщыщIэдзауэ хъыджэбз набдзэщIэч нэгъунэ. Пщэдджыжьым жьыуэ ди куэбжэм къыщызэхэувэрт лэжьакIуэ куэд — хэт фIанэ щIригъэуIукIыну, хэти бел иригъэщIыжыну, хэти пэрыIэбэ хуейуэ. Уеблэмэ Заур слесарь IэщIагъэри къищтат. КIыщым щылажьэурэ, сэ сощIэжыр ар Анзорей щашауэ щытар райкомым и секретарым и машинэ цIыкIур ирагъэщIыжыну. Заур ищIауэ сэ нобэр къыздэсым зызохьэ тебэтех гъуэзэджэ. АбыкIэщ консерв банкIыщхьэр зэрытетхыр, апхуэдизкIэ IэкIуэлъакIуэщи. А псо- ми къадэкIуэу, си дэлъхум ищIыфу щытащ сэ дахэ, къупщхьэкI гъэщIэрэщIа фIэлъу, музейм щыбгъэлъагъуэ хъуну сэ зэIулъхьэ, джыдэшхуи джыдэ цIыкIуи. И нэр зытеплъэр и IитIым ящIырт. Заур и IэщIагъэм ди анэр щымыгуфIыкIыу къанэртэкъым: «Алыхьым и шыкуркIэ, цIыху къыхуейуэ цIыху къыхэкIащ», — жиIэрти.
А кIыщым IэщIагъэ къудейкъым Заур къыщIихар. Абы гъащIэр къыщыгурыIуэ хъуащ, адыгэ хъыбарыжь куэд щызэригъэщIащ. Заур сыхьэт бжыгъэкIэ пхущысыфынут псысэ, уэрэд, хъыбарыжь хьэлэмэтхэм щIэдэIуу. Дэ ди анэ мыгъуэри Iэзэт уэрэд, хъыбар хуэдэхэмкIэ. ИужькIэ ахэр Заур итхыжыну хэт и гугъэнт!
А псоми дихьэх си дэлъхум, гъэщIэгъуэнращи, зэи и хъуэпсапIэу щытакъым адыгэ хьэгъуэлIыгъуэ дахэхэр. Джэгум я нэхъ иныр щыдэтми ди гъунэгъум екIуэкIакъым, уеблэмэ хъыджэбз епсэлъэн жыхуаIэр зыуи къыфIэIуэхуу щытакъым. Зэзэмызи дыкъэшынэрт абы къэшэн Iуэху зэримыхуэу къэнэнкIэ. Иджы езы Заур игу къеуэу куэдрэ топсэлъыхь къэфэкIэ зэримыщIэм, а Iуэхур IэщIыб зэрыхуэхъуам, игъащIэм утыку къихьэу Iэгур къытещащэу къызэрымыфам.
НЭМЫЦЭ зэрыпхъуакIуэхэр ди щIыпIэм къэсу еханэ классым къыщIэкIыжа нэужь, Заур куэдрэ школым тхуигъэзэжакъым, хэт дэ дызыгъэшхэнур жиIэри, апхуэдизу балигъыу зыкъилъытэжырти. Ауэ кIыщым щылажьэурэ, еджэным и гур къыхуэушыжащ. Ар зи фIыщIэр гъукIэ Iэзэ Къэжэр ХьэкIашэт. Абы хьэрып щIэныгъэр куууэ ищIэрти, и гъукIэгъэсэнри абы зэрыхишэным пылът. ХьэкIашэ IэщIагъэрэ гъэсэныгъэкIэ къыхуищIар си дэлъхум зэи щыгъупщэркъым, псэухуи щыгъупщэнукъым. Аращ Заур «Къру закъуэ» новеллэр абы фэеплъ щIыхуищIар.
Заур школым игъэзэжами, ар махуэм кIыщым щIэтт, щеджэр жэщрат. Апхуэдэурэ ебланэ классыр «5» защIэкIэ къиухри, епщIанэ классым занщIэу щIагъэтIысхьащ, ауэ мазэ пIалъэ къратри. Абы 10-нэ классри къиухащ къытекIуэ яхэмыту. ИужькIэ ар пединститутми щеджащ стипендие нэхъ ин дыдэм хуэдэ къихьу. ГъэщIэгъуэнрати, Заур зрагъаджэ дерс псоми зэхуэдэу дахьэхырт, зэхуэдэуи къыгурыIуэу фIы дыдэу иджырт.
НАЛО Къарэ,
УФ-м цIыхубэ егъэджэныгъэмкIэ и отличник.
1998 гъэ
Соплъыж си гъащIэм сэ нэбгъузкIэ»…
И етIуанэ щхьэгъусэ Нусэ щIыгъуу. 2004 гъэ Адыгэм ди хабзэкъым зэщхьэгъусэхэм датепсэлъыхьу, «я псэр зы чысэм илът» жаIамэ, псори гурыIуэгъуэ хуэдэщ. Ауэ а зы чысэм дауэ къихута, сыт ахэр зэхуэзышар — а псор къэттIэщIыну къедгъэкIуркъым.
Сэ зи гугъу сщIынур Нало Зауррэ и ныбжьыр хэкIуэтауэ абы щхьэгъусэ хуэхъужа Жыгун Нусэрэщ. Илъэс 12-щ ахэр зэрызэдэпсэуар, ауэ къызэрыжэпхърэ а тIур зэрыцIыхурт…
— Нусэ, Заур дахэшхуэ дэнэт япэу щыплъэгъуар? — соупщI зы лъагъуныгъэ хъыбар къызэрысхуаIуэтэнум шэч къытезмыхьэу.
— Сыту жыжьэ дыдэ сеплъэкIыжын хуей, Маринэ, ар бжесIэн щхьэкIэ.
Си адэ къуэш ТIэхьир Урыху МТС-м и унафэщIу щыIэти, нэхъыжьхэр лъагъунлъагъу щыкIуэкIэ сэри сыздашэрт. ДыздэкIуэр Налохэт, зы пэш къыщищтауэ абыхэм я деж ТIэхьир щыпсэурт.
Налохэ я унэр си нэгум щIэтщ: сенэм пхъуантэшхуэ тетт, хугу, хьэжыгъэ, джэрш, нэгъуэщIхэри илъу. МыдэкIэ тахътэбан къыщытт, махуэм тетIысхьэпIэу, жэщым я щIалэм и гъуэлъыпIэу. А щIалэр Нало Заурт. А сенэращ ар япэ дыдэу щыслъэгъуари. Iуэху гуэр сщIэуэ абдеж сытету, пэшыбжэр къыIуихри щIалэ зэкIуж къыщIэувыкIащ. Къызэплъри, ар щIыхьэжащ, зыри жимыIэу. ИужькIэщ къыщызэпсэлъар. Тхылъхэр абы щыгъуэм зэпэубыдати, зыгуэрым къыIрихамэ, псынщIэу тритхыкIыу иритыжын хуейт. Сэ сыкъыхуеджэну къызэлъэIуащ, тетхыкIыным зэман нэхъ мащIэ иригъэхьын папщIэ. Химием зэрыхэзмыщIыкIым щхьэкIэ зэи ауан сыкъищIащ, «медучилищэм ущIэсу, химиер умыщIэу» жиIэри. Арщыдан ебланэ классыр къыщыдухат, химиемрэ физикэмкIэ дезыгъэджэн димыIэу. Училищэм сыщIыщIэтIысхьэфари адрей дерсхэмкIэ сыхуэмыхутэкъыми арагъэнт.
Сигу ирихьакъым Заур ауан сыкъызэрищIар, уеблэмэ си адэ къуэшым и щхьэгъусэм жесIащ «мыбы я щIалэр гурбиян гуэр си гугъэщ» жысIэри. АрщхьэкIэ къысхуидакъым, абы и ныбжьым ит щIалэхэр щыукIытэкIэ загъэпхъэшэну хэтщ, жиIэри. Аурэ Заур лэжьыгъэ нэхъыбэ «дзыхь» къысхуищI хъуащ: сэ сыхущIыхьэнукъыми, мы лекцэр къысхуитхыкIыт жиIэрти, къигъанэрт. Е унэм щIэсмэ, сыкъригъаджэурэ езым псынщIэу итхырт. Сэ а зэманым гу лъыстащ Заур усэ куэд гукIэ зэрищIэм, ауэ ударенэр зытехуэ пычыгъуэр тэмэму щыжимыIэ къэхъурт, къуажэдэс щIалэм урысыбзэр зэримыщIэр арагъэнут къызыхэкIыр. Сэ урысыбзэм нэхъ хэсщIыкIырт, ди унагъуэр Налшык дыкъэIэпхъуауэ дыщыпсэурти. Сэ гу лъыстат: газет кIапэ гъуэгум къыщигъуэтамэ, блэкIынутэкъым, абы итым еджэнут. ЦIыхугъэ, благъэ къигъанэртэкъым тхылъ зиIэхэм къаIрихыу емыджэу. Лъэсу кIуэрт Анзорей дэт район библиотекэм. Щыгъупщэжыртэкъым Ацкъанхэ я щIалэ район комсомол лэжьакIуэм «Война и мир» романым и зы Iыхьэ къритауэ зэрыщытар, — жеIэ Нусэ.
АдэкIэ дауэ къекIуэкIа ныбжьыщIитIым я Iуэхур?
Нусэ медучилищэр къеухри, Владикавказ дэт мединститутым щIотIысхьэ, ауэ япэ сессием и экзаменхэр щатым химиемкIэ «тIу» къехь. Зэуэ институтым къыщIокIыж, «гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэр бухрэ къэбгъэзэжмэ, химиер птыж хъунущ», къызэрыжраIами емыплъу. «Сытыт сэ мазитIым зэзгъэщIэжыфынур? — жеIэ Нусэ. — Сэ си адэ-анэм затезгъэхьэлъэфынутэкъым, егъэджакIуэ къысхуагъуэту пщIэкIэ срагъэджэну».
Къалэ сымаджэщым медсестрауэ щылажьэу Нусэ унагъуэ ихьащ, урысыбзэмрэ литературэмкIэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ зригъэгъуэтащ, республикэ библиотекэм щылэжьащ, абы и зы къудамэм и унафэщIу, егъэджакIуэхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ институтми IэнатIэ щиIыгъащ.
— Нало Заур уи гъуэгум къыщытехьэжар дапщэщ? — соупщI Нусэ.
— Библиотекэм сыщыщылажьэм экспрессионизмэм теухуа лекцэ къытхуеджэну Нало Заур къызэрыкIуэнур къыджаIащ. Сэ а лекцэм сыщIэмыхьэу сыкIуэжат, экспрессионизмэм теухуауэ псэлъэну мыхьэзыру къыщIэслъытар сымыщIэу. Ауэ лекцэм едэIуахэм «уэ узыхэкIыжар» къызжаIащ етIуанэ махуэм. Абы и пэкIи слъэгъуат Заур. Университетым сыщIэтIысхьэну си тхылъхэр схьауэ сыздэщытым, чэзур инт, цIыху куэдыщэ зэтрихьауэ, псоми сакъыхишри, си Iуэхур псынщIэу зэфIигъэкIат. Мис апхуэдэу зэзэмызэххэ дызэхуэзэрт, Горькэм и уэрамыр ди зекIуапIэти, сэлам зэтхырт, унэ зыщIэсым дынэсыху дыздэуэршэрырт, сэ Мечниковым и цIэр зезыхьэ уэрамым сыкIуэрт, си дыщыр абыкIэти. Пэжыр жысIэнщи, сэ зэзэмызэ си щхьэ къищхьэрыуэрт щIэныгъэ хуэлIэу щыта щIалэм и Iуэхур сытым тету пIэрэ жысIэу. Ауэ зэгуэри сигу къэкIакъым дэ гъащIэм апхуэдэу дызэришэлIэжыну…
Нусэ щхьэгъусэ иIэщ, Заури унагъуэщ. Мэлажьэхэр, зэзэмызэ зэхуэзэмэ, сэлам зэрах. ЩхьэгъусэкIэ насыпыфIэу щыта-щымытам сэ сытепсэлъыхьыну къыслъысыркъым, ауэ Нусэ медицинэр хыфIидзэу филологием зэрызритам (тхакIуэм гъусэ зэрыхуэхъунум зыхуигъэхьэзыр хуэдэ), ахэр зэщхьэгъусэ хъуа нэужькIэ Заур «сэ илъэс 53-кIэ сыппэплъащ», къыжриIауэ зэрыщытам тызощIыхьри, мы тIум япэ лъагъуныгъэм и IэфIыр ягу илъауэ къысщохъу, «тIури нэгъуэщI щIыпIэкIэ щыхэтами». Уеблэмэ ар лъагъуныгъэм нэхърэ нэхъыбауэ къыщIэкIынущ. Зы чысэм пситI ихуэнукъым, лъагъуныгъэм ныбжьэгъугъэри, гущIэгъури, а цIыхум хуэпщIын хуей пщIэри дэщIымыгъумэ.
— ТIури ди щхьэ закъуэу дыкъыщынэм, Къарэрэ Женэрэ(ахэр Заур и шыпхъущ) театр, музей, парк жыфIэу зэгъусэу зыщIытевмыгъэур тщIэркъым жаIэурэ, дэри ди фIэщ ящIыжри, ахэм дыкIуэу щIэддзащ, — жеIэ Нусэ. — Зы пщыхьэщхьэ гуэрым «кхъыIэ, дыдей ныщIыхьэ» къызжеIэ. Сэ ней-нейуэ сеплъащ, ар дауэ, жыхуэсIэ щIыкIэу.
— ХупцIынэ, шху унэм щIэтщ, мэжаджэ бгъэжьэнщи, зыдгъэтхъэжынщ, — къызжеIэ, фIы дыдэу илъагъу ныбжьэгъум нэхъ кIыхьу бгъэдэсыну зэрыхуейм нэхъ ещхьу.
Додыхьэшх, Нусэ зэгупсысамрэ Заур зи гугъу ищIа мэжаджэмрэ теухуауэ. Дауэ иджы щыIэ щIалэгъуалэм къазэрыгурыбгъэIуэнур фIыуэ плъагъум и гъусэу мэжаджэрэ шхурэ пшхыуэ ущысыныр «лъагъуныгъэм и адрей щэхухэм» ефIэкIынкIэ зэрыхъунур. ТелевиденэмкIэ абыхэм ялъагъур нэгъуэщIщ.
Заур зэи адрейхэм ещхьакъым, ещхьынкIи Iэмал иIакъым: щIэныгъэшхуэ зыбгъэдэлъым, лэжьакIуэ емышыжым, IэнатIэмрэ мылъкумрэ щхьэкIэ къыпхуэмыгъэшынум, дунейм хуиту тетыну, зыхуей ищIэну, зыхуей итхыну зыхузэфIэкIым и гъащIэри и гуащIэри нэгъуэщIынущ. Ар щIыжысIэращи, «Урыху Iубыгъуэ» усэ тхылъыр къыщыдэкIам абы сыт и лъэныкъуэкIи «гъэкъэбза», «мыпхуэдэу стхым дауэ къащыхъуну» жиIэу итхъунщIурэ IэфI къызыщIэмынэжа зы псалъи ислъэгъуакъым. Абы уфIэкIынщи, Заур илъэс 70-м щIигъуауэ итха лъагъуныгъэ усэхэм хуэдэ ди адыгэ усыгъэм сэ сыщрихьэлIакъым (джэгуакIуэхэм гушыIэ хуэдэурэ жаIэу щытам и гугъу дымыщIмэ).
Нусэ къысхуиIуэтам сыхохьэж.
— Си шыпхъум и пхъур къызэупщIат: «Нусэ, Заур узэрыдэкIуэжам ухущIегъуэжа?» жиIэри.
СыкъэскIат. Сэ абы зыкIи сыхущIегъуэжакъым. Мыпхуэдэу зэрыжысIэр къызыгурымыIуэни щыIэнщ, ауэ Заур и гъащIэм зэрыпысщам шэч къытесхьэркъым.
— Заур цIыху фIыуэ илъагъуу щытащ, Нусэ. Щхьэзакъуэныгъэр абы къехьэлъэкIынут, уеблэмэ дэхуэхынут.
— Ар пэжщ. Си дыщ унэм нэс зэ сигъэкIуэтэжауэ къыщыIукIыжым: «Унэ нэщIым згъэзэжыну сыхуейкъым. Жэщым сыкъызэщыуамэ, къумым ситу къысщохъу, сыкIийкIи зыми сызэхимыхыну», — жиIат.
Зэгъусэу дыпсэун щыщIэддзам, лэжьыгъэм игу зэрыхэмыхьэжым гу лъыстати, Къарэ жесIащ стIолым бгъэдэтIысхьэрэ тхэуэ зэрызмылъагъур. «Иужьрей зэманым тхэнми лэжьэнми игу хыхьэжыркъым», — жиIащ абыи гузавэу.
Тепкъузэ хъунутэкъым. «Заур, сэ сыпщэфIэху, кIуэт уи тхыгъэм елэжьыт», — жысIэм згъэтIысурэ, мащIэ-мащIэу къалэмыр къищтэжащ.
ЗэрыжысIащи, ди щIалэгъуэ лъандэрэ дызэрыцIыхурт, тIуми ди нэIуасэ е ди ныбжьэгъухэр куэдт. Абыхэм ящыщ гуэрхэм я гъащIэр зэрыхъуам теухуа хъыбар щыхуэсIуэтэж къэхъурт. Сэ си гущхьэ къэкIыртэкъым ахэм художественнэ тхыгъэ къыхищIыкIыну. «Мазэм фIэкIа зыми имылъэгъуа» зыфIищар къыщыдэкIам тхылъ къызитам къытридзат: «Си авторэгъу, си щIэгъэкъуэн, си вагъуэ закъуэ! Мы зэдэттха тхылъым узыншагъэ къыпхудэкIуэн Тхьэм ищI! Иджыри дыздэгъэлажьэ, Шахиня Ню!» — жиIэри. Арат Заур къызэрызэджэр.
Тхылъым сыщеджам сэ жысIа мащIэм абы къыхищIыкIыфа образхэр гъэщIэгъуэныщэ сщыхъуауэ зэрыщытар къысхуэIуэтэнукъым, — игу къегъэкIыж Нусэ.
ТхакIуэ, щIэныгъэлI, философ, жылагъуэ Iуэхухэм хуэжыджэр, ныбжьэгъур зыгъэныбжьэгъуф цIыху… иджыри куэд дэщIыбгъуфынущ Заур и хьэл-щэнымрэ акъылымрэ къэзыгъэлъагъуэ псалъэхэм. Ахэр къезбжэкI нэхърэ, Бештокъуэ Хьэбас Налор зыхуигъэдар иджыри зэ фигу къэзгъэкIыжмэ, нэхъ тэмэму къыщIэкIынущ. Зи гугъу сщIыр къызыхэсхар Котляровэ Мариерэ Бештокъуэ Хьэбасрэ я гупсысэ зэхэдзэрщ. «Рецидив лирического, или о том, Легко ли быть лидером» тхыгъэр итщ «Анэдэлъхубзэм и псынащхьэ» тхылъым.
— ДыщIыбгъужынIауэ гугъуу, Хьэбас къыджиIащ Нало Заур и хьэл-щэныр, и зэфIэкIымрэ и дунеймрэ зыхуэдэр, — жеIэ Нусэ. — Ар апхуэдизкIэ куууэ а цIыхум кIуэцIрыплъащи (езы тIур 1962 гъэ лъандэрэ зэрыцIыхурт, сызэрыщыгъуазэмкIэ, Заур фIыуэ илъэгъуа , пщIэ зыхуищIу щытахэм язщ Хьэбас), Налор пцIыху къудеймэ, Хьэбас жиIэм арэзы утемыхъуэнкIэ Iэмал иIэкъым, уеблэмэ фIыщIэ хуэфащэщ зы лIэщIыгъуэм къыдэпсэуа, лъэпкъым и пажэу щыта цIыхум и зэфIэкIыр къызэрилъыта щIыкIэм теухуауэ. АтIэ, Нало Заур лъэпкъым хуилэжьыфамкIэ Нэгумэ Шорэ, ХьэтIохъущокъуэ Къазий, ЦIагъуэ Нурий, ЩоджэнцIыкIу Алий сымэ ябгъэдегъэувэ, адыгэхэр щIэныгъэм хэшэным, зегъэузэщIыным теухуауэ XIX лIэщIыгъуэм абыхэм яхузэфIэкIам ХХ лIэщIыгъуэм Заур щыпищауэ жеIэри.
Сыарэзыщ Нусэ жиIэмкIэ. Нало Заур теухуауэ Хьэбас къиIуэта гупсысэм хэпхынIауи дэщIыбгъунIауи гугъущ.
ЦIыхум псалъэ гуапэ хужыIэжын хуейщ, ар къыщилэжьакIэ. Ауэ Заур дэ ди щытхъу хуеижкъым. Абы жиIами, ищIами, хъуэпсапIэу зылъэмыIэсами хуэныкъуэр дэращ. Ди бзэр тхуэхъумэмэ, жылагъуэр зыгъэпIейтей Iуэхухэм дызэкъуэту дыхэлIыфIыхьыфмэ, фадэр IэщIыб тхуэщIмэ (фигу къызогъэкIыж «Этническое самоубийство» фIищауэ «Хасэ» газетым фадэм къыдищIэм теухуауэ къытридзауэ щыта публицистикэ тхыгъэ гъуэзэджэр), ди бынхэм щIэныгъэрэ IэщIагъэрэ еттыфмэ — мис абы щыгъуэм лIэщIыгъуэ къэс «зы Нало Заур» лъэпкъым къыхэкIынкIэ, езы лъэпкъым зиузэщIынкIэ мэхъу. «Лъэпкъыр къызэрызэтедгъэнэным девгъэгупсыс», — щыжиIэгъащ абы интервью къеIысхахэм ящыщ зым. Девгъэгупсыс, дыщIэгузэвэныр кIуэ пэтми нэхъыбэ мэхъу.
ТхакIуэр гупцIанэщ. Нало Заур гупцIанэм къыщымынэу, фIэрафIэу (апхуэдэут альтруист псалъэр абы зэрызэридзэкIыр ) щытащ. Апхуэдэ цIыхур къызыгурыIуа, абы и иужьрей илъэсхэр хуэзыгъэдэха Нусэ фIыщIэ хуэфащэщ.
Ширдий Маринэ.
АдыгэлI щэджащэм и иужьрей гъуэгуанэ
Щыгъуэ пэкIум къыщапсэлъахэр
Фырэ Руслан, КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр: — Нобэ дэ тхокIыж адыгэ лъэпкъым и къуэ пажэхэм ящыщ зы, тхакIуэ ахъырзэман, гупсысакIуэшхуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ емызэшыж, зи щIыналъэми лъэпкъми пэжкIэ хуэлэжьа цIыху хэкупсэ Нало Заур. Абы къигъэщIа илъэсхэр укъызыхэкIа лъэпкъымрэ цIыхубэмрэ зэрыхуэлэжьэн хуейм и щапхъэщ. Илъэс 14 ныбжьым лэжьэн щIэзыдза, гугъуехьыр зыхэзыщIа щIалэщIэм фIэкIуэдакъым цIыхум къыдэгъуэгурыкIуэн хуей гуапагъэр, фIэщхъуныгъэр. Аращ абы и IэдакъэщIэкI тхыгъэхэм, лирикэ усэхэм, балладэхэм, шыпсэхэмрэ хъыбархэмрэ къыхэщ и лIыхъужьхэр езым ебгъэщхьу щIэпсэхьэлэлыр, пэжым щIрителъхьэр. Абыхэм я псэ къабзагъэр акъылым зэщIешэри, плъэмыкIыу уадоплъей, дуней тетыкIэмрэ хьэл-щэнымрэ куэд къыхыбох.
Ди тхакIуэ цIэрыIуэхэу КIуащ БетIал, Нало Жансэхъу, Къылышбий Исмэхьил, Елбэд Хьэсэн сымэ я IэдакъэщIэкIхэр щызэхуэхьэса тхылъу дунейм къытригъэхьахэм, ЩоджэнцIыкIу Алий, ПащIэ Бэчмырзэ, Агънокъуэ Лашэ, нэгъуэщI куэдми я гъащIэмрэ лэжьыгъэмрэ къыщигъэлъэгъуэжа тхылъхэм папщIэ фIыщIэшхуэ хуэтщIыпхъэщ. Сыт и уасэ абы и «ДжэгуакIуэ институтыр» монографие телъыджэр, Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэр джыным и хэлъхьэныгъэшхуэр?! Заур и фIыщIэмрэ и гуащIэм и инагъымрэ я гугъур жэщ-махуэкIэ пхуэухынукъым, ауэ иджыри зы Iуэхугъуэ къыхэзгъэщынут. Зауэ лыгъэр къэлыдынкIэ шынагъуэшхуэ щыщыIа 1990 гъэхэм ди республикэр гузэвэгъуэм щызыхъумахэм ящыщщ Нало Заур къыдалъхуауэ хэлъ Iущыгъэмрэ губзыгъагъэмрэ. Абы и псалъэмрэ IуэхущIафэхэмрэ я мыхьэнэр инщ зауэ гузэвэгъуэ зылъыса щIыналъэ куэдхэм ящыщ зы ди хэкур зэрымыхъуамкIэ.
Художественнэ псалъэм и пащтыхь, щIэныгъэлI цIэрыIуэ, цIыху набзэгубдзаплъэ, ныбжьэгъу пэж, егъэджакIуэ-гупсысакIуэ Нало Заур и къалэн нэхъыщхьэу щытар цIыхугъэм и нэхур къыбгъэдэт псоми ялъигъэIэсынырти, шэч хэмылъу, ар къехъулIащ. Ди хэкум и къуэ пажэр нобэ тхокIыж, ауэ абы и IуэхущIафэ дахэхэмрэ тхыгъэ купщIафIэхэмрэ къытхуонэ. Нало Заур ди гум зэи ихунукъым.
Аламия Геннадий, Абхъаз Республикэм щыщ тхакIуэ, усакIуэ цIэрыIуэ: — Куэдым сыхуэзыгъэса си ныбжьэгъу пэжщ, си егъэджакIуэщ Заур. КъызжиIам щыщу гулъытэшхуэ зыхуэзмыщIаи си зэчийр зыхуримыкъуаи щыIэгъэнщ, ауэ, си дежкIэ нэхъыщхьэращи, лIыгъэ къысхилъхьащ. Зы мазэ и пэкIэ сыкIуат Налом деж, Абхъазым и гугъу ищIу, и ныбжьэгъухэм тепсэлъыхьу куэдрэ дыщысат, и къарур пэмылъэщу и нэпсри къыфIекIуат. СыкъыщыщIэкIыжым абы къызитащ и стIолыщхьэм тета и сурэтышхуэр, си унэ щIэтыну зэрыфIэфIыр къызжиIэри. Ар сэ псэм хуэсхьу, си ныбжьэгъум и фэеплъу схъумэнущ. ГъащIэм и мыхьэнэр кIащхъэ къыпщызыщI гуауэщ нобэрейр, дызытезыIыгъэр тхэкIыж цIыхухэр тщымыгъупщэу ди гум зэрилъынурщ.
ЩакIуэ Мусэлий, Къэрэшей-Шэрджэс телевиденэм и редактор: — Ди республикэм къикIахэм, къэмыкIуэфа ди къуэшхэм къабгъэдэкIыу хэщIыныгъэ дгъуэтамкIэ сыфхуогузавэ.
Урысей, Кавказ, адыгэ литературэм увыпIэшхуэ щызыубыда «Къру закъуэ»-м фIэкIа и Iэдакъэм къыщIэмыкIами, ирикъунт Заур и цIэр тхыдэм къыхэнэну. Литературэм, щэнхабзэм, тхыдэм, лъэпкъ пшыналъэм лъэужь дахэ къыхэзына Налор нобэ тщхьэщыукIуриикIащи, догулэз, апхуэдэ тхьэмадэ дымыгъуэтыжыным дегъэгузавэ. Къру гупым я пашэр къарууншэ хъурэ къакIэрыхумэ, пашэ егъуэтыжри и гъуэгум пещэ. Зэман дэкIми, апхуэдэу пашэ тхуэхъуфын лъэпкъым къытхэкIыну Тхьэм жиIэ. Заур и зэфIэкIыр тщыгъупщэну зы Iэмал иIэкъыми, абы и дунейм ди щIэблэр хэзышэфын, абы дызыхуигъасэу щытам щызыгъэгъуэзэфын, лъэужь дахэ къытхуигъэнам ирикIуэфын дыхъуну си гуапэщ.
ГубэщIыкI Жантемыр, жылагъуэ лэжьакIуэ: — Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу лъэпкъхэм Заур фIыуэ ялъагъу, пщIэ хуащI и лэжьыгъэм и мызакъуэу, илъэс куэдкIэ жылагъуэ-политикэ гъащIэм жыджэру зэрыхэтам щхьэкIэ. Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и япэ тхьэмадэу щыта Нало Заур хузэфIэкIащ ди республикэм къыщыхъу демократие зэхъуэкIыныгъэхэм, жылагъуэ щытыкIэр егъэфIэкIуэным жыджэру хэлэжьыхьын, гъунэгъу щIыналъэхэм узыгъэгузавэу къыщыхъухэм и псалъэ, и Iуэху дахэ хилъхьэн. Ди IуэрыIуатэмрэ хабзэмрэ, нэмысымрэ бзэмрэ джыным, ар щIэблэм и пащхьэм илъхьэным теухуауэ илэжьам гъунэ иIэкъым.
Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ адыгэ лъэпкъымрэ я тхыдэщIэм дыщэпскIэ хатхэнущ Нало Заур и цIэр, щIэблэм зэрыщымыгъупщэнури си фIэщ мэхъу, ди щIыналъэм и зыужьыныгъэмрэ абы щыпсэу лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэмрэ и зэман емыблэжу къаруушхуэ тригъэкIуэдащи.
Зытхыжар ИСТЭПАН Залинэщ.
2012 гъэ, бадзэуэгъуэ мазэ
2005 гъэ
ЩоджэнцIыкIу Iэдэмрэ Нало Зауррэ КъБКъУ-м ирагъэблэгъащ. 1967 гъэ
ЖиIэмрэ ищIэмрэ
Нало Заур и гуащIэмрэ и дуней еплъыкIэмрэ адыгэ лъэпкъым и гъащIэм щаубыд увыпIэм и мыхьэнэм утегушхуэу утепсэлъыхьыну гугъущ. Абы и щхьэусыгъуэр лIы щэджащэм литературэми щIэныгъэми щыхузэфIэкIахэр зэрыинырщ.
НАЛОР энциклопедие щIэныгъэ бгъэдэлъщ жыхуаIэм хуэдэщ. Абы куууэ зыхимыщIыкI, тыншу зытемыпсэлъыхьыфын Iуэхугъуэ щыIэу си фIэщ хъуркъым.
Заур псэкIэ, щIэныгъэкIэ, къащIэкIэ (интуицэкIэ) лъэпкъым и гурыгъу-гурыщIэхэр зыхещIэ, адыгэм хуэфIыныр, и фейдэ зыхэлъыр и щхьэ Iуэхухэм япэ ирегъэщыф. Абы къыхэкIкIэ хузэфIокI нобэ мы дунейм къыщекIуэкI псори зэпилъыту, адыгэм абы щаубыдын хуей увыпIэр илъагъуну, икIи лъэпкъыр хъума хъун, адэкIэ зиужьын щхьэкIэ Iуэхугъуэ нэхъыщхьэу зэфIэхыпхъэхэр иубзыхуну. Сэ къызэрыслъытэмкIэ, аращ Налом ди лъэпкъым и псэ беягъым щиIыгъ увыпIэм и мыхьэнэ нэхъыщхьэр.
Мыпхуэдэ зы щапхъэ къэсхьыну сыхуейт: нобэрей зэман гугъум ди щэнхабзэм псэемыблэжу хуэлажьэхэм, ар зэтезыIыгъэхэм ящыщхэщ Бещтокъуэ Хьэбас, ХьэIупэ ДжэбрэIил, Пащты Герман, Сокъур Валерэ, Црым Руслан, Бгъэжьнокъуэ Барэсбий, Гъут Iэдэм, ГъукIэ Замудин, и гъуэ нэмысу дунейм ехыжа Къып Мухьэмэд, тIэкIу нэхъ щIалэхэм ящыщу ЦIыпIынэ Аслъэн сымэ, нэгъуэщIхэри. АтIэ, Нало Заур и зэманми и щIэныгъэми щымысхьу илъэс куэд ятригъэкIуэдащ а щIалэхэр нобэ зытет гъуэгум хуиунэтIыным. Зи цIэ къисIуахэм къахэкIащ Заур и жагъуэ къэзыщIыжаи къыпэщIэуэжаи. Ауэ иужькIэ абыхэм я щыуагъэр къагурыIуэжри, езы Заури здэкъуэншауэ къилъытамкIэ икIуэтыжри, зэбгъэдэувэжащ. Ари зи фIыщIэр Заурщ. Дапхуэдизу и жагъуэ къэзыщIахэр мыкъуэншами, и фэм дигъэхуащ, зишыIащ.
Нало Заур лIыгъэшхуэ зыхэлъ адыгэлIщ, жиIэмрэ ищIэмрэ зэтохуэ, зыхужаIэм хуэдэщ. Сэ Заур илъэс 22-рэ хъуауэ фIыуэ соцIыху (Хасэ Iуэхухэр къызэрежьэрэ). А зэманым къриубыдэу сэ зэи слъэгъуакъым, яIуэтэжуи зэхэсхакъым ар зыгуэркIэ къикIуэтауэ, шынауэ е зыгуэр игъэжэкъуауэ. Сыт щыгъуи япэ итащ. Куэдрэ сигу къокIыж бгъущI гъэхэм жэщи махуи зэкIэлъыпыту екIуэкIа пэкIухэр. Ар нэху щыхукIэ и напIэ зэтримылъхьэу цIыхухэм яхэтт. А зэманым Заур щIалэжтэкъым, илъэс хыщIым щIигъуакIэт.
Нало Заур и гъащIэм, и лэжьыгъэм, и творчествэм ди щэнхабзэмкIэ иIэ мыхьэнэр сэ изогъэщхь илъэсищэм нэблагъэкIэ псэуа академик Лихачев Дмитрий урыс лъэпкъым хуищIэфам. Ар псэухукIэ къэралым сыт и лъэныкъуэкIи и нэIэ къытригъэтащ: и улахуэкIи, и псэупIэкIи, и IэдакъэщIэкIхэр дунейм къытехьэнымкIи. КIэщIу жыпIэмэ, сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей хуигъэзащ, зыхуэныкъуэ щымыIэу урыс лъэпкъым хуэлэжьэн щхьэкIэ. Апхуэдэ пщIэрэ гулъытэрэ хуэфащэт Нало Заури. Ар илъэс 80 ирикъуами, игурэ и щхьэрэ зэтелъщ, узыншэщ, и акъылыр жанщ, тхылъ зыбжани хьэзырщ, итхыну, зэлэжьыну игу илъхэр нэхъыбэж мэхъу.
Хьэтэжьыкъуэ Валерэ,
КъБР-м хуитыныгъэхэм къащхьэщыж и жылагъуэ IуэхущIапIэм и унафэщI. 2008 гъэ
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29864.txt"
} |
Псэмрэ бзэмрэ зэтохуэ
Ди адыгэ лъэпкъыр дяпэкIи лъэпкъыу къызэтенэн папщIэ, абы лIэщIыгъуэ гугъухэм къыкIуэцIриха ФIымрэ Дахагъэмрэ хэщI щымыIэу хъумэн икIи ар дэ къытщIэхъуэхэми яIэрыгъэхьэн хуейщ. А ФIыр, а Дахагъэр ди деж къахьэсыфащ ди адэжьхэм, — псэзэпылъхьэпIэм хэмыкIыу псэуами, гугъуехьрэ бэлыхьу я нэгу щIэкIам гъунэрэ нэзрэ имыIэ пэтми.
Къэжэр Хьэмид Лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуэ ФIыгъуэр хъумэн и лъэныкъуэкIэ, адыгэ псалъэм и пщэ къыдэхуэ къалэныр зыми хуэмыдэжу зэрыиныр фIыщэу къыгуроIуэ тхакIуэ цIэрыIуэ, щIэныгъэлI ахъырзэман Нало Заур. А ФIыгъуэр абы езыми ехъумэ икIи егъэбагъуэ — и къэхутэныгъэ лэжьыгъэ куухэмкIэ, и художественнэ тхыгъэ купщIафIэхэмкIэ.
Сэ зэрысщIэж лъандэрэ Нало Заур лIы лъэрызехьэ зытIущым зрамыкуным езым и закъуэ иреку. Ирикууи къэувыIэжыркъым — и закъуэ полъэщ зыбжанэм зызытрамыгъэгусэн лэжьыгъэм.
Дихьэхауэ ар кIэлъоплъ адыгэ псалъэм иIэ зэфIэкIым. Абы зы жанри игъэхамэркъым, зы лъэхъэнэ гуэрми и щIыб хуигъазэркъым; фIэгъэщIэгъуэну ар кIэлъоплъ адыгэ псалъэм и шыфэлIыфэм — лъэпкъ IуэрыIуатэр зэпцIу щыщIидза зэман жыжьэм къыщежьэу ди нобэм къэсыху. Талантым и дэтхэнэ дзыгъэри лъапIэщ абы и дежкIэ, хъумапхъэщ, апхуэдэу щыщыткIэ, джыпхъэу, гъэлъэгъуапхъэу къелъытэ. Зыри кIэрымыхуу, лъэпкъым лIэщIыгъуэкIэрэ къыдекIуэкI ФIыгъуэр къэхутэн, зэуIу щIын, дяпэкIи егъэфIэкIуэн — аращ Нало Заур и гъащIэр зытриухуар. ИкIи а лэжьыгъэ щхьэпэм псэемыблэжу бгъэдэтщ — удзгъэкI гумызагъэм и гъэфIэн цIыкIухэр сакъыу зэрызэрихьэм ещхьу — елIалIэу, егугъупэу, зыщымысхьыжу Iуэхум пэщIэту.
* * *
Сэ гукъинэж сщыхъуащ Зауррэ сэрэдызэрызэрыцIыхуа щIыкIэр (илъэс щэ ныкъуэм нэблэгъащ абы лъандэрэ). Ар зэлъытари абы щыгъуэ Заур зэхызигъэхамрэ дэслъэгъуамрэщ.
…Сыстуденту арат, къызэIуахагъащIэ университетым сыщIэтIысхьа къудейуэ. ИтIани, сэ Заур «гужьгъэжь» хузиIэт: газетым къытрыригъэдза тхыгъэм зы усакIуэ гуэрым егъэлеяуэ щыщытхъуа къысфIэщIырти, ар езудэкIыжыну мурад быдэ сиIэу зыкъом лъандэрэ екIуэкIырт.
Сытми, зэгуэр сытогушхуэри, щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым сокIуэ, Налом и закъуэу зыхуэзгъэзэну, щыхьэт симыIэмэ нэхъ хахуэу сыпсэлъэну къысфIэщIу. Арати, слъэкI къэзмыгъанэу субащ Заур ехьэжьауэ зыщытхъуа усакIуэ цIэрыIуэр (ар икIи къулыкъущIэшхуэт).
— Ара зэрыхъур? — Iэдэбу къызоупщI Заур, жесIэнур жызегъэIэри.
Сэ сыкъэуIэбжьыжат: тIэкIуи куэдыIуэ жысIауэ къысфIэщIыжырт; къыспидзыж щIагъуи щымыIэу, езыри акъылэгъу къыздэхъун хуейуэ си фIэщыпэу сыгугъэрт…
— НтIэ, къэдаIуэ, — жеIэ Заур, нэгъуэщI къыщыспимыхым. — А зи цIэ къипIуа усакIуэр аракъым уэ иджыпсту бубар, уэ зи гугъу пщIымрэ абырэ шурэ лъэсрэ я зэхуакущ. Пэжщ, уэ тэмэму гу лъыптащ абы и щыщIэныгъэ щхьэхуэхэм. Ауэ абыкIэ Iуэхур зэфIэкIрэ! — Абы хэту, зоIэбэкIри, дапхъэм къытрех сэ фIыуэ сцIыху тхылъ пIащэр, къызэтримыхыу ар здиIыгъым, и псалъэм пещэ: — Мис мыпхуэдэ усэхэр пщIэжрэ? — икIи я цIэ къреIуэ сэ сыкъызэджа, ауэ, сыкъеджа щхьэкIэ, мыхьэнэ щIагъуэ яIэу фэ зэзмыплъа усэ зыбжанэ.
Сэ гъэщIэгъуэн дыдэ къысщыхъуат мыри: я цIэкIэ ищIэж къудей мыхъуу, езы усэхэри зэрыщыту гукIэ ихъумэу къыщIокI. Заур и Iупэм къытелъэт псалъэхэм, сатырхэм сымыщIэххэу, тIэкIу-тIэкIуурэ сатхьэкъу, зэщIэжьыуэ телъыджэхэм сыкъаухъуреихь, саIэт…
Асыхьэтым сэ къысфIэщIат дэ тIур дэзэпэщысу дызыбгъэдэс стIолыр дунейм хуэдизу ин икIи нэху къэхъуауэ; сэри, а нэхур зыхэс-щIэу, зыхэсщIэми къыщымынэжу, къыспкърыхьэу, а зыIэзыбжьэм къриубыдэу нэгъуэщI зыгуэр сыхъуауэ… Бетэмал, сегупсысырт сэ, мис иджыпсту а усэхэм сэри сыкъеджатэмэ!.. Дауи, иджыпсту сэ жысIэнур нэгъуэщI зыгуэрт, а «нэгъуэщI зыгуэрри» зыкIи ещхьтэкъым нетIэ, тэлай и пэкIэ, си фIэщыпэу къэсIуэтам. Ауэ, апхуэдэу сегупсыс щхьэкIэ, къыдэзвыжу псалъэмакъым зыгуэр къыхэслъхьэж хъуртэкъым. Ар зымыгъэхъури фIыуэ къызгурыIуэжырт: жысIам сэ апхуэдизкIэ сытеукIытыхьыжати, иджы си щхьэр здэсхьынур сымыщIэу сыщыст, шэнт сызытесым, «щIыкъыкъ» жезгъэIэу, зытескъузэу…
— Мис апхуэдэ усэхэрщ, — пещэ Заур адэкIэ, — зи гугъу тщIы лIы ахъырзэманым и зэфIэкIыр нэхъ къыщигъэлъэгъуар. Абыхэм уаблэплъыкIмэ, нэхъыщхьэ дыдэр къыпхуэмылъэгъуауэ аращ. Мыри пщIэну щхьэпэщ: тхакIуэм и пщIэр къызэралъытэ хабзэр абы къехъулIам тещIыхьауэщ. КъемыхъулIам, и ныкъусаныгъэхэм псори тепщIыхьмэ, узытепсэлъыхьыр цIейнэпейкIэ бгъэIуу, абы хуэмыфащэ дзы фIэпщу аращ, пщIэж-умыщIэжми…
Абдеж Заур къызэфIэувапэри, хьэкъ сщыхъуащ а си пащхьэ къитыр нэгъэсауэ зэрыцIыху бжьыфIэр: лъагэу, и Iэпкълъэпкъыр екIуу зэкIэщIэхауэ, плIабгъуэу (иужькIэщ сэ къыщысщIар Заур щыщIалэм гъукIэу зэ-рыщытар), и нэгур угъурлыфэу, и нэ къуэлэн дахэшхуитIым хъуаскIэр къыщIихыу, ауэ а хъуаскIэм укъимылыгъуэу, гуапагъэрэ хьэлэлыгъэкIэ псыхьарэ укъигъэхуабэу; и Iэпхъуамбэ пIащэхэр щыщIигъашэкIэ, жиIам бжьэпэтехуэ иритыж нэхъей, и псалъэр нэхъри хьэкъыу ппхигъэкIыу.
Нало Заур, Зумакуловэ Танзилэ, Кулиев Къайсын. 1966 гъэ
ПащIэ Бэчмырзэ и фэеплъ Нартан къуажэм дэтым деж. 1979 гъэ
Заур иджыри псалъэрт. Сэ абы сыхудэплъейуэ сыщыст. ЖиIэри езым зэрещхьыркъабзэ, сегупсысырт сэ. Пэж дыдэу, иджыри зэ къытызогъэзэжри, ар икъукIэ цIыху бжьыфIэт, уздыIуплъэм уи гур хигъахъуэу. А махуэм и ужькIэ дэ мызэ-мытIэу дызэхуэзат. ИкIи сэ гу лъыстат Заур узыншагъэшхуэ зэрыбгъэдэлъым. Езыр зэрыбжьыфIэшхуэм, зэрыузыншэшхуэм ещхьыркъабзэт абы псалъэу къыжьэдэкIри: узэдэIуэн защIэрэ дерс къызыхэпхынрэт, къыхэпхыф закъуэмэ.
* * *
Нэгумэ Шорэ куэд тетхыхьащ, куэди иризэныкъуэкъуащ.
АрщхьэкIэ, дауэ ямыщIами, «Адыгэ лъэпкъым и тхыдэр» зищIысыр яхузэхэмыгъэкIыу къанэрт.
Адыгэхэр къызэрыгъуэгурыкIуам ехьэлIауэ Нэгумэ Шорэ къиIуатэ псори къанэ щымыIэу къабылу къэзыщтэри мащIэтэкъым, абы жиIэу хъуар пцIы зэфэзэщу къызыщыхъухэри щыIэт.
Апхуэдэу екIуэкIыурэ, зэныкъуэкъухэм я бжыгъэми кIуэ пэтми къыхэхъуэурэ, и кIэм-икIэжым зыгуэрым игу къокI: ярэби, Нэгумэм и лэжьыгъэр зы къупхъэ зэв гуэрым икъузауэ щхьэ къызыфIэдгъэщIыпхъэ? КъэIуэтэкIэ зэмыфэгъу гуэрхэм я хабзэхэр абдеж щызэхэхуэжмэ-щэ?
Дигу къэдвгъэгъэкIыжыт, жеIэ абы, Нэгумэм а и тхыгъэм нэгъуэщI фIэщыгъи хуигъэтIыгъуэу зэрыщытар — «Шэрджэс хъыбархэр». Апхуэдэу щыщыткIэ, езы Нэгумэми ищIэжырт и IэдакъэщIэкIыр художественнэ къэIуэтэкIэ жыхуаIэм зэрыхуэмыхейр. Дигу къэдвгъэгъэкIыжыт урыс тхакIуэшхуэ, тхыдэтх цIэрыIуэ Карамзин и лэжьыгъэ хьэлэмэтыр. НтIэ, апхуэдэ къэIуэтэкIэр езы Карамзин дыди IэщIыб щимыщIкIэ… КIэщIу жыпIэмэ, а лъэныкъуэмкIэ дыкъыщевгъэплъыт Нэгумэ Шорэ и Iэужьым.
Нало Заурщ ар япэу зигу къэкIар.
Дауи, Нэгумэ Шорэ ехьэлIауэ къэув (е къэувынкIэ хъуну) упщIэ псоми мыбдеж жэуап щагъуэтащ жыпIэныр щыуагъэ хъунт. Ауэ, си гугъэмкIэ, а узэщIакIуэ телъыджэм и щIэиныр джыным, абы епха Iуэхугъуэхэр убзыхуным зи гъащIэ псор тезыухуа щIэныгъэлIхэри зэдэIуэн, абыхэми къащхьэпэн хэлъщ Налом и гукъэкIым. Нэгумэм и «Тхыдэри» нэхъ куууэ джа щыхъунур япэм елъытауэ нэхъ бгъэдыхьэкIэ бгъуфIэ абы къыхуагъуэта нэужькIэу къыщIэкIынущ.
* * *
КIуащ БетIал псэу щIыкIэ дунейм къытехьар абы и зы тхылъ пIащIэ цIыкIущ («Си гъащIэм и гуащIэр»). УсакIуэр дунейм ехыжа нэужь, абы и щIэиныр щызэхуэхьэсыжа томитIыр къыдэкIыным хуэзыгъэхьэзырар Нало Заурщ. ЕкIуу зэхигъэува, пэублэ псалъэ гъуэзэджи хуитха, комментарийхэри щIигъужа къудей мыхъуу, томитIым хыхьэну тхыгъэхэм ящыщ куэдыр езым къитIэщIыжу, къигъуэтыжу, адэкIэ-мыдэкIэ къыдихыжа пычахуэхэр зэпигъэпщIэжу. КIуащым и тхылъу иужькIэ къыдэкIахэри дунейм къытехьэным хуэзыгъэхьэзырар Налорщ.
Пэжыр жыIэпхъэщ: КIуащ БетIал и творчествэр зыджу ар зыхуэдэ усакIуэр къытхуэзыхутари Нало Заурщ. Абы и ужькIэ хэт сыт итхами, щIагъушхуэ щымыIэу нобэр къыздэсым йокIуэкI. Заур и фIыгъэкIи куэд щIауэ десэжащ КIуащ БетIал ди лъэпкъ литературэм и классикхэм ящыщ зыуэ зэрыщытым.
Апхуэдэ лъэкIыныгъэ Заур къезыт къарум сыт узэреджэнур: Iущыгъэ, Iэзагъэ е, куэдым зэрыжаIэу, тхьэгурымагъуэу пIэрэ ар? Хэбгъэзыхьмэ, а псори хузэхэмыту пIэрэ абы? СщIэркъым.
* * *
Нало Заур зытетхыхьым, ар хэтуи щрети, зы щIэ гуэр хужимыIэу сэ срихьэлIакъым. Ауэ Налом и фIыгъэкIэ къэтцIыхуа, абы лъэпкъ литературэм и тхыдэм къыхиша усакIуэхэри щыIэщ. Аращ Заур «Лъабжьэрэ щхьэкIэрэ» зыфIища и тхылъыр псом хуэмыдэж зыщIри.
Къанэ щымыIэу, псори тIыгъуа защIэщ мы тхылъым ихуа лэжьыгъэхэр Iэзагъышхуэхэр хэлъу ухуауэ, бзэ къулейкIэ къэIуэтауэ, тхакIуэм зытригъэчыныхь гупсысэхэр щапхъэ IэрыхуэхэмкIэ щIэгъэбыдэжауэ. Апхуэдэщ ПащIэ Бэчмырзэ, КъардэнгъущI Зырамыку сымэ ятеухуа тхыгъэхэр.
Ауэ мы тхылъым и пщIэр нэхъри лъагэ зыщI щхьэусыгъуэ щыIэщ: мыбы хыхьащ Налом тхуихъума усакIуэ зыбжанэм ятеухуа лэжьыгъэхэри. Абыхэм яхэтщ зи цIэкIэ тцIыхуу щытахэри (Сыжажэ Къылъшыкъуэ), дымыцIыхуххэу мыбдеж къыщытцIыхуахэри (Абазэ Къамбот, Куп Хьэжы-Исмэхьил, Къылышбий Исмэхьил, н.)
Агънокъуэ Лашэ и усыгъэхэр зэхуихьэсыжащ Налом. Лашэ и зэфIэкIыр нэхъ IупщI къэзыщI усыгъэхэр зытхыжари Заурщ (псалъэм папщIэ, «Агънокъуэм цIыхубзым хужиIар», «Агънокъуэм нэпсым хужиIар», «Агънокъуэм гуащэ хъыджэбзым жриIар», «Агънокъуэр Анзорхэ я пхъум зэрыхуэусар», н.). Итхыжам и закъуэкъым, Агънокъуэ Лашэ хуэфэщэн псалъэ екIу езышэжьари ар зыхуэдэмрэ зыхуэдизымрэ къытхузэIузыхари Налорщ.
* * *
ГушыIэрэ и фIэщрэ къыпхуэмыщIэу, зыгуэрым жиIэгъат мыпхуэдэу: «Нурыр» къыдэкI хъури, псоми сабий усэ ятхыу щIадзащ». Ар мыпэж дыдэми, иджыпсту зыкъомым сабийхэм папщIэ усэ е рассказ зэратхыр бэянщ. Нало Заур сабийхэм яхуэтхэу щыщIидзам щыгъуэ сабийхэм папщIэ зыгуэр итхыу ди республикэм исар Щомахуэ Амырхъан и закъуэщ.
Мыпхуэдэми гу лъытапхъэщ. Щомахуэ Амырхъан зызыхуигъазэ хабзэр еджакIуэ цIыкIухэрт, зы ныбжьыр илъэси 9 — 12-м итхэрт. Дауи, а ныбжьым ит сабийхэри хуэныкъуэщ гунэс къыщыхъуну тхыгъэм, удихьэхыу тха усэм, рассказым, повестым. Абы зыми шэч къытрихьэуи къыщIэкIынкъым.
Ауэ хэт жызыIар сабийм даIуэу щыщIидзэр а ныбжьым щынэсым дежу? Иджырей щIэныгъэм къызэрилъытэмкIэ, дунейм къытехьэн и пэкIэ, ныбэм здилъым, сабийр мэдаIуэ. ИкIи зэхех. А зэхихым елъытауэ (фIыкIэ е IейкIэ), зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэр игъуэтынкIи мэхъу абы и узыншагъэм (е зэхэщIыкIым), ар белджылы къыщыхъунур нэхъ иужьыIуэми.
Абы шэч къытезыхьэн щыIэми, акъылэгъу къыбдэмыхъун къэгъуэтыгъуей хъунщ, мыпхуэдэу жыпIэмэ: сабий къалъхуагъащIэ дыдэри балигъхэм абы зэхрагъэхым сакъыу къыщIодэIу; абы тыншу зэхегъэкI уедэхащIэми уешхыдэми; къомыпсэлъэжыф щхьэкIэ, абы жепIэр къызэрыгурыIуэр и фэмкIэ къуегъащIэ.
Апхуэдэу щыщыткIэ, уемыгупсысуи къанэркъым: сыт ныбжьым щыщIэдзауэ сабийм усэбзэкIэ епсэлъэн щыхуейр? Ар къыщалъхуа дыдэм щыщIэдзауэ, жыпIэмэ, ущыуэну си гугъэкъым.
ЦIыкIу дыдэхэм, сабий сад жыхуэтIэм кIуэн зи ныбжьым къриубыдэхэм, абыи нэмысахэм я деж къыщыщIэдзауэ — лъэпкъым къытщIэхъуэ сабийм пасэ дыдэу (нэхъ пасэхукIэ нэхъыфIщ) зэхахащэрэт адыгэбзэр, абы ирипсалъэу есащэрэт, иужькIэ ящымыгъупщэжын хуэдэу, — а гупсысэм къыпкърыкIыу си гугъэщ Нало Заур сабийхэм яхуитх усэхэр. Езы Налом и жыIэкIэу, икIэщIыращи, адыгэбзэр яIурылъу къэтэджын, адыгэ псалъэм и IэфIыр пасэу къалъэIэсын щхьэкIэ, а цIыкIухэми яIэн хуейт езыхэм яхуэгъэза усыгъэ. Мис а лэжьыгъэ иныр (урыс поэзиер къапщтэмэ, мыбдеж уигу къокIыж Маршак С., Чуковскэ К. сымэ я тхыгъэхэр) адыгэ литературэм япэу къыхэзыхьар Нало Заурщ. Дауи, а IуэхумкIи Заур сэбэпышхуэ къыхуэхъуащ — ар зыхуэIэижь адрей псом я щхьэу — абы адыгэ IуэрыIуатэр фIыщэу зэрищIэр.
Сабийхэм яхуитха тхылъхэм («Инэмыкъуэ», «Аслъэныкъуэ», «Хъуромэ», «КIэфий», «Джэгузэхэшэ», «Дыгъэеджэ», «Нагъуэ щабэрыкIуэ», н.) Налом къыщеIэт адыгэ сабийр зэрыбгъэджэгу, бгъэджэгуури зэрыбгъасэ, зэрыбущий хъун Iуэхугъуэхэр: адэжь щIыналъэм, хэкум, хабзэм, нэмысым, цIыхугъэм, зэныбжьэгъугъэм теухуащ абы и сабий усэхэр. Абыхэм «ящыгъщ» лъэпкъ фащэ екIу, адыгэбзэ IэфIкIи тхащ — сабийхэм тыншу къагурыIуэу, ауэ языныкъуэ тхакIуэхэм я псэлъэкIэм «сабиифэ» къытрагъэуэн мурадкIэ Iэпэгъу ящI фэрыщIыгъэ купщIэншэм хуэхейуэ.
Сэ мызэ-мытIэу срихьэлIащ: Заур и тхылъыр къуэрылъхум (е пхъурылъхум) къыхуэзыщэхуа адэшхуэр езыри ихьэхуауэ тхылъым къеджэу. ИкIи абы бгъэщIэгъуэну зыри хэлъкъым, ар хабзэ зэрыхъурэ куэд щIащ: сабий тхылъыр щIэщыгъуэмэ, балигъхэри абы къыхузэпощэ. Нало Заур и Iэужьри апхуэдэщ.
Налом куэд щIауэ мыпхуэдэ хабзи зыхуигъэувыжащ: нэгъуэщI лъэпкъхэм къадекIуэкI таурыхъыу, псысэу, мыр ди сабийм зэхезгъэхащэрэт, жиIэу нэхъ зэхъуапсэр адыгэбзэм кърегъэзагъэри (ар икIи тэрмэш ахъырзэманщ), Iэмал зэригъуэткIэ цIыкIухэм яхуоупсэ.
* * *
ЖаIэ хабзи: «усакIуэм и прозэ». ЗыхужаIэри, и усыгъэхэм къыдэкIуэу, усакIуэм и къалэмым къыщIэкI прозэ тхыгъэхэрщ. КърагъэкIри гурыIуэгъуэщ: прозэ и лъэныкъуэкIэ абы узэрыщыгугъышхуэни хэмылъу, ауэ — «кхъуейм и хьэтыркIэ пIастэу» — образхэмкIэ къулей бзэ жанкIэ зэрытхам, гупсысэ щIэщыгъуэ гуэрхэр къызэрыщыIуэтам я фIыгъэкIэ, н. къ., кIэщIу жыпIэмэ, ар прозэ дыдэм иджыри нэмысыпа хуэдэу…
Си гугъэщ «Къру закъуэр» усакIуэм и прозэу. Ауэ мыбдеж сэ абы къизгъэкIыр нэгъуэщIщ: мыр прозэщ, прозэм и къалэнри къыщыпкIыу егъэзащIэ; ауэ мыр зи Iэужьыр усакIуэщ; нэхъ хэскъузэу жысIэнщи, мыпхуэдэу зыхуэтхынур прозэми поэзиеми я щэхухэм фIыуэ щыгъуазэ тхакIуэ Iэзэрщ.
* * *
Нало Заур и прозэм къыхэтэджыкI цIыхухэр я хьэлэлагъкIэ, я псэм и къабзагъкIэ удэзыхьэхщ. Зэ еплъыгъуэкIэ ахэр цIыху къызэрыгуэкIщ, я IэщIагъэкIи адрей къуажэдэсхэм къащхьэщыкIыркъым: вакIуэлIщ, гъукIэщ, фащIэщ. Ауэ нэхъыщхьэр — а «къызэрыгуэкIхэм» я цIыхугъэрщ, я напэрщ, абыхэм я хьилмырщ, къакъуэщ лIыгъэрщ.
ТхакIуэм хуэIэзэу хъыбарыр еукъуэдийри, и персонажхэр зыхуэдэр IупщIу къыщылъэгъуэн къэхъукъащIэ хедзэ, е, езы Налом и псалъэкIэ жыпIэмэ, абыхэм я «дыщэ гъэпщкIуар дурэшым къыдезыгъэхыжын» щхьэусыгъуэ екIуу къахуегупсысыф. Абы къыхэкIкIи ахэр зищIысымрэ зыхуэдэмрэ, уи пащхьэ къитым ещхьу, уолъагъу.
Заур и прозэм ущрохьэлIэ нобэр къыздэсым критикхэм гу лъамытауэ зы новеллэ жьей (хэт ищIэрэ, зэрымыиным къыхэкIыу, «гъуабжафэ» ираплъагъэнкIи мэхъу). Ауэ щыхъукIэ, сэ къызэрысфIэщIымкIэ, а тхыгъэ кIэщIыр — «Жэщтеуэ» — Заур и новеллэхэм зы IункIыбзэIух гуэр яIэнкIэ хъунумэ, ар екIуу зыхъумэ чысэ щIагъуэщ.
Мы новеллэ мыиныр телъыджэ дыдэ зыщIыр, цIыхубз тхьэIухуду псоми къащыхъур, нэсри къигъэзэжауэ уд фасикъыу къызэрыщIидзыжыр аракъым. Хэбгъэзыхьмэ, Нур и Iэужьри апхуэдэу гъэщIэгъуэнкъым. ГъэщIэгъуэныр сыт жыпIэмэ, Амщыкъуэ абы къызэрыхущIэкIырщ.
Пэжыр жыIэпхъэщ, Амщыкъуэ зы махуэ унэу игъэунат и адэм: мыхъунур къримыгъашэу, хъун дэнэ къэна, къалъыхъуэм хуэдэкIэ къыхуэупсат и щIалэм, «Уардэщауэхэ я пхъум хэбдзын хэлътэкъым — цIыхубз зэкIэлъыкIуэт, цIыху тыншт».
* * *
Нало Заур и бзэр-щэ! Адыгэхэм мэкъу екIуу зэрахьэфу щытащ. И уэшхкIи и хуабэкIи къызыхуэтыншэу игъуэ нэса мэкъу дыгъэлыр и мардэр фIэмыкIыу пыупщIа, тэмэму Iэнэ щта, и чэзуми зэщIэлъхьэжа хъуамэ, гухэхъуэщ апхуэдэ мэкъу пыпхъуэ къакъутэу урихьэлIэныр! ФIы дыдэу хъума дыщэплъ нэхъей, абы и теплъэ къудейр-щэ! Хьэмэрэ щхьэр гуапэу игъэуназэрэ псэм IэфI къыщыхъуу абы мэ гуакIуащэу къыхихыр-щэ!
Абы ещхьщ Нало Заур Iурылъ адыгэбзэр.
* * *
Нало Заур и цIэмрэ и пщIэмрэ я мыхьэнэр абы и Iэ зыщIэдза тхыгъэхэм фIыуэ ящхьэдох. Зыкъым икIи тIукъым и гулъытэрэ и чэнджэщкIэ ар дэIэпыкъуэгъу зыхуэхъуар. Литературэм е щIэныгъэм гъуэгу щыпхызышыну мурад зыщIа ныбжьыщIэм Заур и чэнджэщкIэ къыхих хабзэр, нэхъ гугъуми, нэхъ захуэщ.
ЖаIэ, хадэм зы дэшхуей итмэ, абы адрей жыгхэм я пащхьэ санитар къалэн щигъэзащIэу: и сэбэп екIыу, хадэри зэрыщыту иузэщIу. Си гугъэщ Нало Заур ди деж апхуэдэ къалэн щигъэзащIэу.
НтIэ, ар насыпкъэ — апхуэдэ лIыр илъэс пщIейм щIигъукIэ зыхуэпсэуа, зыхуэлэжьа литературэм и дежкIи, къэзылъхуа лъэпкъым и дежкIи?
КЪЭЖЭР Хьэмид,
КъБКъУ-м и доцент, критик, усакIуэ.
Адыгэ псоми дыдей
ЩIэныгъэлI, тхакIуэ, усакIуэ, IуэрыIуатэдж, литературэ критик, цIыхубэ лэжьакIуэ, щIэныгъэм и къызэгъэпэщакIуэ, зэдзэкIакIуэ, узэщIакIуэ, гъуазэ, щIэгъэкъуэн, гупсысакIуэ, жьакIуэ, псэ къабзэ — апхуэдизыр зэубыдылIауэ бгъэдэлъкъым Пушкин урысхэм я университет зыфIища Ломоносовым.
Бейтыгъуэн Сэфарбий ДИIЭУ пIэрэ адыгэм апхуэдэ? Къэмыхъуауэ лъэпкъым зы лъэIу къыдэхъулIэрэ, лъапIэу лъагэм зыхуэдгъэзами, къытхуищIэфыну иIэр дигу къэмыкI щIыкIэ къытхуищIауэ къысщохъу — ар Нало Заурщ, ди адыгэ Университетырщ.
Ауэ ари сфIэмащIэщ: зэгъэпщэныгъэм и дунейм нэхъ куужу ухэIэбэмэ, щыуагъэ пIэщIэкIынымкIэ укъыхэмыскIыкIыу жыпIэ хъунущ Заур ди еджапIэу щытауэ, зэпымычу ущеджэну мыхъумэ, къэбухыныр зэхэщIыкIыныгъэншэу, щIэныгъэншагъэу, гуащIэмащIагъэу. Щэджащэ, цIыхушхуэ, абрагъуэ, къинэмыщI псалъэ хэIэтыкIахэри фагъуэ щIэхъукIыу къысфIощI Заур утепсэлъыхьыну щIэбдзэмэ. Зи гугъу сщIыр, и унэцIэ хъарзынэр къыхэмыгъэщами, си гугъэщ наIуэу. Сократ, Платон сымэ жаIахэм щхьэкIэ ахэр лъэпкъкIэ къызыхэкIам щIэупщIэжыркъым — дуней псом зэдайщи.
Глобализацэм и лъэхъэнэ хьэлъэу зи бжыгъэкIэ мащIэ лъэпкъхэр хэзыгъаплъэу хуежьам нэхъ тынш хъуащ дунейм и тепщэ зыпщIыну, узыхуейри зыщ — зэфIэкIышхуэ, шыIэныгъэ, пэрыт, гупсысэ куу, зэхэщIыкI нэс. А псоми утрегъэгушхуэ Заур и гъащIэ гъуэгум урикIуэфмэ. Апхуэдэ цIыху щыпкъэщ лъэпкъ гъуазэ насып мытыншыр къызылъысыр.
Бейтыгъуэн Сэфарбий,
тхыдэдж, тхакIуэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29876.txt"
} |
ЛъагапIэмрэ дэкIуеипIэмрэ
Нало Заур сэрэ дызэлэжьэгъущ. Хьэуэ, лэжьыгъэкIэ дызэбгъэдыхьэ-дызэбгъэдэкIыж къудейуэ аракъым. Зы Iэнэгу дыщыпэрыси къохъу, и унагъуэ сохьэ, си унагъуи къохьэ.
ЦIыпIынэ Аслъэн
Дуней еплъыкIэ, гупсысэкIэ, Iуэху зехьэкIэ, хьэл-щэн, щIэныгъэ, къэухь… Куэд мэхъу цIыхуитI зэзышэлIэнкIэ хъунур. Ныбжьэгъугъэм и лъабжьэу къысщохъу мыбыхэм ящыщкIэ узыхуэдэныр, узэтехуэныр. Дэ куэдкIэ дызэтохуэ, ауэ дызыпэрыт лэжьыгъэм Iэмэпсымэ нэхъыщхьэу убгъэдэлъын хуейуэ къигъэув щIэныгъэмкIэ дызэхуэдэкъым. Мыбы сэ зэи шэч къытесхьэу щытакъым, ауэ Заур и пащхьэм Iэнкун сыщIэхъум ар зэрищхьэусыгъуэм иджыщ си акъыл щытехуар. Си щIэныгъэм хьэрычэт хэслъхьэрэ Алыхьым берычэт къыхилъхьэу а Iэнкуныгъэр къызэзмынэкIауэ слъэкIынукъым си нэр къызыхуикIыр зэзгъэхъулIэну: Заур ныбжьэгъу нэс зыхуэсщIыну. Сызэрипэсмэ.
Университетыр «диплом плъыжь» жыхуаIэмкIэ къэзухарэ урыс частушкэмрэ адыгэ къебжэкIымрэ зэзгъапщэу дипломнэ лэжьыгъэ стхар щытхъушхуэ иIэу пхыкIати, «сэ схуэдэ щIалэ щыIэ» жысIэу щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым сыкъэкIуат. Заурт абы щыгъуэ адыгэ IуэрыIуатэм елэжь къудамэм и унафэщIри, сыкъызыхэкIамрэ къэзухамрэкIэ къыспкърыупщIыхьа нэужь, къызыкъуипхъуэтри къызэупщIащ: «Аслъэн, IуэрыIуатэм елэжьа щIэныгъэлIхэу хэт и цIэ пщIэрэ?» — жери. Зызумысыжынщи, университет курсымкIэ зи лэжьыгъэ сызыщыгъуазэ унэцIэ зытхух нэхъыбэ къисIуэфакъым. Асыхьэтым щIым сыщIэпщхьэну сукIытат. Ауэ Заур «сыщиукIыпар»: «АтIэ, си къуэшыжь, IуэрыIуатэм уэ зыри хэпщIыкIыркъым», — къыщызжиIарт, «зырикIым» хикъузэу. «Укъэтщтэнщи, щIэныгъэлIхэм я лэжьыгъэхэм ущIэджыкIынщ, лаборанту улажьэурэ адыгэ IуэрыIуатэм куууэ щыгъуазэ зыпщIынщи, «мис иджы хьэзыр хъуащ» щыжытIэм, Москва аспирантурэм удгъэкIуэнщ», — жиIэри лэжьапIэ сыкъищтауэ щытащ. Апхуэдэ дыдэуи си Iуэхур къекIуэкIащ. Нобэми ныжэбэми Заур фIыщIэ хузощI абы щыгъуэ зызэрызигъэщIэжамкIэ. А дерсыр сэ сыпсэуху сщыгъупщэнукъым.
Хьэзыр хъуа лэжьыгъэхэр Заур щызэпкъриххэм сыщедаIуэкIэ, хьэкъыу спхыкIырт щIэныгъэ зэбгъэгъуэтыным гъунапкъэ зэримыIэр, лъэпкъыр зэрызэфIэувэрэ къигъэщIауэ къыдэгъуэгурыкIуэ гупсысэмрэ дахагъэмрэ зы цIыху акъылкIэ къэбубыдыну зэрыпхузэфIэмыкIынур. Ауэ абы псэемыблэжу игъащIэкIэ утелажьэ хъунущ. Абы и щапхъэу сиIэщ Заур. ЩысцIыхуа дакъикъэхэм щегъэжьауэ ар сэ лъагапIэ тезгъэуващ, сыхудэплъейуэ. Хэслъхьэрт а лъагапIэм и лъабжьэм Заур зыщыгъуазэу, къыгурыIуэу сэ сымыщIэ псори.
Илъэс 25-рэ блэкIащ Налор къызэрысцIыхурэ. Кууми чэнжми сэри щIэныгъэ зэзгъэгъуэтауэ ди лъэпкъ IуэрыIуатэм солэжь. Сыдоплъей нобэ си ЕгъэджакIуэр зытезгъэува лъагапIэм. Хьэуэ, си дежкIэ ар зыкIи лъэхъ лъахъши, нэхъ тIасхъи хъуакъым. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, иджы сэ къызгурыIуэу си щхьэ тызолъхьэ Заур бгъэдэлъ щIэныгъэм и гъунапкъэр здынэсыр, зыхызощIэ абы и псалъэм и IэфIыр, сыкъеуIэ и гупсысэ жаным. СегъэIэнкун ноби абы бгъэдэлъ хьилмым. ЛъагапIэм ЕгъэджакIуэр къесшэхыжыну дауэ сигу къэкIын? Сэ сыдэкIуейуэ сыбгъэдэувэным дауэ сытегушхуэн?
Заур сэрэ дызэдэлэжьащ. Дызэныбжьэгъущ жысIэну зэкIэ сытегушхуэркъым.
ЦIЫПIЫНЭ Аслъэн,
филологие щIэныгъэхэм я доктор.
2008 гъэ
«Жьыщхьэ махуэ ухъу!» — къызжеIэ
Дакъикъэхэр щыгъэу зэкIэлъызыгъажэ зэманыр Тхьэшхуэ пэлъытэ къызэрытхуэхъум и щыхьэтщ абы къыщыдэхъулIэхэм дыщыщIэгупсысыжкIэ. Хэт ищIэнт Нало Заур сытетхыхьыну апхуэдэ лIыгъэ къыщыслъыкъуэкIын зэман сихуэху, согупсыс сэ нобэ.
Лыкъуэжь Нелли
Нало Заур… Дауэ ар си дунейм къызэрыхыхьар? Зэрыхэтар? Хэт ар си дежкIэ?
СыцIыкIуу, илъэсих хуэдиз си ныбжьу, гуащэ хьэпшып джэгунрэ Iэпыдзлъэпыдзынрэ нэмыщI симыкъалэну, сабэ пщтырым лъэхъуамбэкIэ сыхэджэгухьу сыздэщысым, си анэр къызбгъэдыхьэри, къызэупщIащ: «Си дэз (хъыджэбз жыхуиIэу) цIыкIум сыту пIэрэ нобэ уи къулыкъур?» — жиIэри. ЩIым зезмыгъэгъэгусэн папщIэ псы пщтырыр мыупщIыIуауэ зэризмыкIутар, нэгъуэщI гуэрхэри хуэсIуэтащ. Си анэр тIэкIуи иригъэлейрэ жыпIэу къысщытхъури, и щIыбагъымкIэ ирихьэкIауэ щиIыгъа тхылъыр къысIэщIилъхьащ. Сэ еджэкIи тхэкIи сщIэртэкъыми, си дэлъхуиплIыр абы чэзууэ къысхуеджэн хуей хъуащ. Тхылъым Нало Заур итха, зэхуихьэсыжа сабий усэ цIыкIу зыбжанэ итт. Ахэр теухуат ди кIущэ, ди бжэIупэм деж щыт мыIэрысей жыгым, ди пщIантIэм къыщызылъэтыхь хьэндырабгъуэм, ди хьэмаскIэм, ди тхьэкIумэкIыхьым. ЗгъэщIэгъуами, си гуапэ хъуакъым апхуэдизу псори къыздэзыщIэ Нало Заур сэ стеухуауэ зы псалъи зэримытхар. Ауэ шэч къызытезмыхьэр зыт: минрэ тхэкIэрэ еджэкIэрэ зригъэщIауэ щытми, ар сэ нэхърэ зы махуэкIи нэхъыжьтэкъым. Арати… Нало ЗауркIэ еджэу щIалэ цIыкIу гуэр дунейм тету си фIэщ хъууэ щIызодзэ… И тхылъ хьэдыгъуэдахэу тезукъуеикIар сутIыпщыркъым, абы сыдоуэршэр, сыдоджэгу, ди псэхэр зы чысэм ихуауэ къысщыхъуу сопсэу. Сурэт имыт щхьэкIэ, тхылъым и зы напэм хьэндырабгъуэ цIыкIухэр къыдолъэт, долъэтэж, адрейм мэшбэвым и дамэ цIыкIухэр къыщызэгуех, адреижым ди джэду нагъуэр дэсщ, дзыгъуэ йощэри.
Нало Заур си япэ устазу щытащ, нобэми щытщ. Сыщысабийм къызгурымыIуами, сэ иджы фIы дыдэу къызгуроIуэ усакIуэ, тхакIуэ бэлыхь Iэджэ зэрыщыIэри, цIыхуи, псэущхьи дунейм тету хъуар зэрымынэпцIри. Ауэ Налор си дежкIэ псом нэхърэ нэхъ лъэпкъылIщ, нэхъ сабиибзэщ, нэхъ гупсысакIуэшхуэщ, псомкIи, тIэкIу-тIэкIу нэхъ мыхъуми, нэхъ зыгуэрщ…
Зэгуэрым Пушкиным и цIэр зезыхьэ уэрамым хъыджэбзитI-щы дрикIуэу, мес Нало Заур, жаIэри сагъэлъэгъуащ. 1985 гъэр екIуэкIырт. СыкъэуIэбжьащ: Налор сэ си ныбжьэгъукъым. Си гъусэхэм къысщыщIар къагурымыIуэу зисчри, Налор щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым щыщIыхьэжым, сыпэуващ: «Къысхуэгъэгъу, ди адэ, сыхьэт дапщэ хъуами къызжумыIэфыну пIэрэ?» Си упщIэри сыкъызэрыпэувари зигу иримыхьа лIым сыхьэт бжыгъэр къызжиIащ, си Iэпщэм илъ сыхьэтымкIэ ней-нейуэ къыхуеплъыхри.
Налор сIэщIэкIырт, афIэкIа къызэмыпсэлъэжынкIэ хъуну. Сэ ар си жагъуэ зэрыхъуар IупщIу, «Упсэу!» хуэм дыдэу щыжысIэм, Заур и лъакъуэ институтым щIишияр къыщIихыжри, «Сэ упсэу къызжепIэну уэ къыплъысыркъым, сэ сылIыжьщи», «Жьыщхьэ махуэ ухъу!» къызжеIэ», жиIащ, ткIийуэ къызэплъри. Сыт сщIэнт, «къысхуэгъэгъу» жысIэри, сыкъыIукIыжащ, и пхъашагъэм сыкъигъэуIэбжьауэ. Ар ещхьтэкъым си сабиигъуэм хэта си ныбжьэгъу Нало Заур. Ауэ сэ абы лъэпкъ напэм и сурэтым хуэдэу сыIуплъат. «Жьыщхьэ махуэ ухъу, тхьэмадэ!»
«Шекспир и художественнэ лэжьыгъэхэр бджымэ нэхъыбэ къыуат, университет къэбух нэхърэ», — къыджиIауэ щытащ студентхэм критик цIэрыIуэ Сокъур Мусэрбий.
Нало Заур лъэпкъым, бзэм, хабзэм, IуэрыIуатэм, литературэм теухуауэ и Iэдакъэ къыщIэкIа лэжьыгъэхэр къанэ щIагъуэ щымыIэу си унэ щIэлъщи, ахэм сакъыщеджэкIэ, зэуэ сигу къокIыж ди критик цIэрыIуэм жиIауэ щытар.
ЛЫКЪУЭЖЬ Нелли,
тхакIуэ.
УзэщIакIуэ
Ехъутэныдж Хьэсэн Америкэм и тхакIуэ цIэрыIуэ Драйзер Теодор жиIэгъащ: «Пщащэ щыпкъэхэр илъэсищэрэ щэ ныкъуэм къриубыдэу зэщ къызэрыунэхур». Абы дыщIыбгъуж хъунущ: «ЛIы щыпкъэхэри пщащэ щыпкъэхэри хьэзаб ятемылъу я гъащIэр ирахьэкIыу хэт и гугъэми, икъукIэ щоуэ». Сыт щхьэкIэ? ЦIыхум я нэхъыбэм яфIэфIкъым акъылкIэ, пщIэкIэ, щIэныгъэкIэ япэ ищхэр. Нэхъ бэяну жыпIэмэ, апхуэдэхэм зи псэукIэ тыншыр зыхъуэжыну хуэмей зиусхьэнышхуэхэри щошынэ.
Си гугъэмкIэ, Заур нобэ икъукIэ къытохьэлъэ и лъэхъэнэгъухэми и лэжьэгъухэми я гупсысэкIэр. Мыр нобэ гъуазэщ — адыгэ щIэблэу дунейм тет псом дежкIэ, сыту жыпIэмэ адыгэ жылагъуэм деж абы мыхьэнэшхуэ щыщиIэщи.
УзэщIакIуэщ Заур. Сабийхэм я гъэсэным щыщIэдзауэ нобэрей адыгэр зрикIуэн хуей гъуэгум, иIэн хуей щIэныгъэмрэ акъылымрэ щхьэкIэ ар утыкуми къыщопсалъэ, къэрал парламентми щотхьэкъуэр, и программэм цIыхубэр щыгъуазэ ещI.
Абы адыгэлI пашэ, узэщIакIуэ, зи цIэр ди тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ хэкIуэдыкI пэтахэм я щIэныгъэр ди пащхьэм кърелъхьэж.
Заур щIэныгъэлIщ. И къэхутэныгъэхэу иужьрей илъэсхэм къыдигъэкIа, къытридза тхылъхэм, тхыгъэхэм я мыхьэнэр къызэрамылъытэфам и щыхьэтщ абыхэм ящыщ ди нобэрей зэрырагъаджэ программэм зэрыхэмытыр. Абы и къэхутэныгъэхэр, дауи, иухакъым, ауэ ахэр тхылъу къыдэбгъэкIын папщIэ ахъшэ ухуейщ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, ахъшэ зиIэхэр тхылъ хуейкъым.
Адыгэ Iуэху щызэрахьэ дауэдапщэ Налор щыхэн куэдрэ къэхъуакъым: ар щекIуэкIыр Кавказрами, Кавказ щIыби, хамэ къэрали ирехъуи. Заур абыхэм я джэлэсщ. «Адыговедение» жыхуаIэ щIэныгъэ къуэпсым абы хэлъхьэныгъэу хуищIам уехъуапсэ хъунущ.
Заур тхакIуэщ. ИIэщ абы усэ, хъыбар, новеллэ гъуэзэджэхэр. Мы лIым зэфIэкIыу къуэлъыр телъыджэщ: щIэныгъэ, литературэ, политикэ ирехъу, дэнэ дежи и гупсысэ нэхур щыпхешыф, хэкIыпIэ нэхъ тэрэзхэр къыщегъуэт.
Заур емызэшу и лъэпкъым и псэм хуолажьэ. Ар зыщIэхъуэпс адыгэ лIыхъужьхэри нобэ къалъху. «Зэманыр IуэхукIэ зыгъэнщIыфым, аращ езыр зэманыр зейр», — жиIащ КIуащ БетIал. Нало Заур зэманыр зыгъэнщIыф закъуэтIакъуэхэм ящыщт. Ар лъэпкъым и набдзэщ, лIыхъужь зыгъэпсщ, езыри лIыхъужьщ.
ЕХЪУТЭНЫДЖ Хьэсэн,
тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат.
ГъащIэ ныбзхэр
ГъащIэм узыпэмыплъа зэблэкIыпIэрэ гъэунэхупIэу куэд иIэщ, абыхэм ящыщу узыгъэгуфIэр нэхъ мащIэщи, узыгъэгумэщIыр нэхъыбэщ… Апхуэдэ зэблэкIыпIэхэр гъунэжу икIи зэмылIэужьыгъуэу зыгъэунэхуа, дапхуэдэурэ Iуэхухэр къемыкIуэкIами, и къалэмыр лъэныкъуэкIэ иримыгъэтIылъэкIыу е, нэхъыкIэжрати, хыфIимыдзэжыпэу нобэр къыздэсым ар (псалъэшхуэхужыIэ лъэпкъ хэмылъу) лъэпкъым хуэзыгъэлэжьа, ноби хуэзыгъэлажьэ тхакIуэшхуэщ икIи щIэныгъэлI гъуэзэджэщ Нало Заур.
Едгъэлейуэ зыми къыщыхъуну ди гугъэкъым, ди IуэрыIуатэр, ди литературэр джыным, къэхутэным ехьэлIауэ Заур лъэпкъым зэрыхуэупса IуэхущIафэ иным пэхъун дэнэ къэна, ибг нэсын псалъэ зэкIэ лъымысауэ къызэрытщыхъур жытIэмэ. (Сэ жыхуэсIэр мы пIэщIэрыщIэу ттха хъуэхъу-тхыгъэм хуэдэкъым — къэхутэныгъэщ. Литературэдж, IуэрыIуатэдж щIэныгъэхэм я Iэмал гъэунэхуахэмкIэ Нало Заур и гуащIэ къыдэкIа лэжьыгъэ нэхъыфIхэр, нэхъыщхьэхэр щызэпкърыха, къалэжь пщIэр щагъуэта, щыщIагъэхэри щамыбзыщIа къэхутэныгъэ нэгъэсащ).
Мыпхуэдэхэм деж, ди щхьэ иритедгъэуж е къридгъэпцIэж щIыкIэу, жытIэ хабзэщ: «Тхьэм жиIэмэ, къэхъунщ а псори щагъэзэкIуэжын зэмани зыгъэзэкIуэжын цIыхуи». Къэхъуну Тхьэм жиIэ, ауэ мы зэрекIуэкIым тепщIыхьмэ, абы ущызыгъэгугъ гукъыдэжыр лъэпкъым нэхъ и мащIэ хъууэрэ, апхуэдэ гупыж зыщIыфынухэр, тхэщI мыхъумэ, къытхэхъуэ щымыIэурэ зэманыр хуэкIуатэу ди гугъэщ анэдэлъхубзэм ехьэлIа IэщIагъэхэмрэ щIэныгъэхэмрэ ятеухуауэ дыщыщIегъуэжынкIэ, ди IэфракIэм дыщедзэкъэжынкIэ щыхъуну махуэм. (ТхакIуэхэр, усакIуэхэр игъащIэми нэхъ дыгужьеигъуафIэщ, абы къыхэкIыуи Iуэхугъуэшхуэхэр нэсу къыщыдгурымыIуэ, щыщIэдгъалъэ, дыщыщыуэ куэдрэ къохъу. Дэри мы жытIамкIэ дыщыуауэ къыщIидзыжыну сыту дыхуейт. Тхьэм апхуэдэу Iуэхур щыту къыщIигъэкI).
НэгъуэщI щхьэусыгъуи иIэу къыщIэкIынщ Заур и щIэныгъэ IуэхущIафэхэм япэхъун псалъэ нобэкIэ жыIа зэрымыхъуам. Ар, — япэрауэ, Налор зытелажьэ щIэныгъэ лIэужьыгъуэхэр къалэмрэ тхылъымпIэрэ зэхуэзыхь дэтхэнэми къигъэIурыщIэфынухэм зэращымыщырщ, а щIэныгъэхэм уазэрыщыгъуазэмкIэ уигурэ уи щхьэрэ зэтемылъу щытмэ, апхуэдэ къэхутэныгъэхэм уатепсэлъыхьын къудейм зеппщыт зэрымыхъунурщ. (Ди жагъуэ зэрыхъунщи, гупыж егъэлея нэхъыщхьэ къуэмылъу, апхуэдэ Iуэху инхэм тегушхуэ, я нэхъ еджагъэшхуэри хуэсакъыпэурэ зытепсэлъыхьхэр кIуэрыкIуэм тету «зэфIэзыуд» гуэрхэри щыIэщ. Апхуэдэхэр нэхъыбэ хъууэри кIуэну къыщIэкIынущ, Iуэхум куууэ хэзыщIыкIхэр нэхъ мащIэ хъуху. ЗэрыжаIэу, «природэм зыгуэр нэщIу къанэу игу техуэркъым»).
ЕтIуанэрауэ, Заур ящыщкъым зи къэхутэныгъэхэм «щхьэфэрыду ирикIуэу» апхуэдэуи къэзыгъэнэжхэм. ЩIэныгъэм и налкъутхэр щIы щхьэфэм зэрытемылъыр, абы нэгъэсауэ зыгуэр къыщыпхутэну ухэтмэ, къыщIэгъэлъэн зэрыхуейр, а щIыналъэ гъуркIым къыщыщIэбгъэлъэным, къамыхута щIэ гуэрхэр къыщыбгъуэтыным щхьэкIэ, абы ухуеджэ зэпыту гъащIэр епхьэкIыну узэрикъалэныр фIы дыдэу къызыгурыIуэ икIи абы ткIийуэ тет, зи званиемрэ зи степенымрэ зи щIэныгъэм темыукIытыхь еджагъэшхуэхэм (Тхьэм и шыкуркIэ, иджыри апхуэдэхэр щыIэщ) ящыщщ Налор.
Аращи, дэ мы тхыгъэ кIэщIым щыдимурадкъым Нало Заур щхьэкIэ жамыIэфа псор къыщыжытIэну, къыщызэщIэткъуэну. ЩIэтхъумэнкъыми, ар нэгъэсауэ хулъэмыкIынкIэ шэч зыхуэзыщIыжхэм дэри дащыщщ. АтIэми, Iуэхум хэзымыщIыкIыщэхэм хьэм нэщI щхьэIуо дыщеуэу къащымыхъуным щхьэкIэ, дыхуейт Налом и щIэныгъэ IуэхущIафэ (бжыгъэкIэ 100-м фIыуэ щхьэпрокI) гуэрхэм я фIэщыгъэцIэхэр мыбдеж къыщитIуэну: «Послевоенная кабардинская поэзия», 1970 г.; «Из истории культуры адыгов», 1978 г.; «ДжэгуакIуэмрэ усакIуэмрэ», 1979 гъэ; «Этюды по истории культуры адыгов», 1985 г.; «Лъабжьэмрэ щхьэкIэмрэ», 1991 гъэ; «Адаб Баксанского культурного центра», 1991 г. «Елбэд Хьэсэн. Гукъинэжхэр», 1993 гъэ, нэгъуэщIхэри… Нало Заур и гуащIи и фIыщIэ ини хэлъщ «Къэбэрдей литературэм и тхыдэм теухуа очеркхэр» 1965 гъэм — адыгэбзэкIэ, 1968 гъэм — урысыбзэкIэ къызэрыдэкIам. Ди еджагъэшхуэ цIэрыIуэхэу адыгэ IуэрыIуатэр, лъэпкъ музыкэр зэхуэхьэсынымкIэ, джынымкIэ куэд зылъэкIа КъардэнгъущI Зырамыку, ГъукIэмыхъу Iэубэчыр, Иуаныкъуэ Нурбий, Бэрэгъун Владимир, Гъут Iэдэм сымэ я гъусэу Нало Заур елэжьащ «Народные песни и инструментальные наигрыши адыгов» фIэщыгъэцIэр зиIэ, тхылъ зыбжанэу зэхэт лэжьыгъэшхуэм. А лэжьыгъэшхуэм и мыхьэнэр дэркIэ къэпщытэгъуейщ икIи жыIэгъуейщ, ар — «..ди хэкупсо фольклористикэм и лъэхъэнэщIэщ»… Мыри щIыдгъужынщ: ди анэдэлъхубзэм, ди IуэрыIуатэм, ди литературэм ятеухуауэ щIэныгъэм хузэхашэу щыта зэхуэсхэм (щIэныгъэ конференцхэм, семинархэм) Налом щищIа докладхэм, радиокIэ, телевизоркIэ дызыщIигъэдэIуа псалъэ Iущхэм щIэи-гъуни яIэкъым жыхуаIэм хуэдизщ.
Иджы Нало Заур и прозэмрэ поэзиемрэ ятеухуауэ — кIэщI дыдэу… И къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэм дапхуэдизу уатемыпсэлъыхьами, шэч хэмылъу, Заур езым япэ иригъэщри, япэ игъэщыпхъэу къытщыхъури абы ди литературэм хэлъхьэныгъэ хуищIа тхыгъэ хъарзынэхэрщ: псом япэу, — и новеллэ гъэщIэгъуэныщэхэрщ; сабийхэм яхуитха усэ жьгъырухэрщ; жьыгъэм дэмыужьыхыу нэхъри къызэщIигъэстауэ, IущыгъэкIэ, философиекIэ нэхъри игъэнщIауэ къыпщыхъу и поэзиерщ.
Налом и новеллэхэм уакъыщеджэкIэ, япэ дыдэу зыхэпщIэр абыхэм яхэлъ лиризм гуакIуэрщ, гъащIэм нэгъуэщIынэкIэ уезыгъэплъ, абы и телъыджэхэм я тепхъуэ гъуабжэхэр тхутезыIэтыкI Iэмалхэу цIэ зыфIэщыгъуейхэрщ. Пэжу, ахэр поэзием нэхъ и нэщэнэхэщ, абы къыдекIуэкI дамыгъэхэм, нагъыщэхэм ящыщщ, ауэ прозэми хъарзынэ дыдэу йозэгъ, искусствэм и «мышыумрэ» и «шыугъэмрэ» я зэхуакум «зэщыщхъур» къызэрыдагъуатэ гукIэ Тхьэр къыпхуэупсамэ, а Iэмалым телъыджэ дыдэхэр кърибгъэщIыфынущ. Апхуэдэгу зиIэ, а тыгъэ лъапIэр хъарзынэу къэзыгъэсэбэпыф тхакIуэ закъуэтIакъуэхэм Заур зэращыщым шэч къытрахьэну си гугъэкъым абы и новеллэхэр щызэхуэхьэса «Къру закъуэ» тхылъым гупсэхуу къеджахэм.
Заур и прозэм нэщэнэ нэхъыщхьэу хэплъагъуэхэм ящыщщ гъащIэм куууэ укIуэцIрызыгъэплъ философие гупсысэхэмкIэ гъэнщIауэ зэрыщытри. Псалъэм къыдэкIуэу жытIэнщи, ди литературэр къызэрежьэрэ нэхъ и нэщэнэу щытри мыхьэнэ нэхъ зыщрату къытщыхъури сюжет къудейкIэ зэщIэIулIа тхыгъэхэрщ. Языныкъуэ тхакIуэхэр апхуэдизкIэ сюжетым быдэу кIэрыщIащи, абы зытIэкIукIэ къытебэкъукIмэ, тепсэлъыкIмэ, ныджэм къытридза бдзэжьейм хуэдэу къэнэнхэу къыпщохъу (къэнэнхэуи къыщIэкIынущ)… АтIэми сюжетракъым тхакIуэм и IэфIри и зэфIэкIыр здынэсри зыхэлъэгъуэн хуейр… Пэжщ, сюжетыфIри хъарзынэщ, узыхуейщ. Ауэ ахэр, ди фIыщIэ лъэпкъ хэмылъу, гъащIэм хьэзыру къыщыдит щыIэщ. Зы тхакIуэм адрейм тыгъэ щыхуищIи къохъу (Пушкин — Гоголь). Ар дэнэ къэна, Дюма-адэми абы и зэманым псэуа нэгъуэщI тхакIуэшхуэ гуэрхэми къащэхуу щытащ сюжет гъэщIэгъуэнхэр. БзыщIи щIэхъуми хэмылъу къащэхурэ дунейпсо литературэм хэлъхьэныгъэ хуэхъуну къызыпэщылъ шедеврхэр къыхащIыкIыу щытащ… А псом ищIыIужу жытIэнщи, иджырей литературэм гъунэжу хэтщ сюжетыншэ романхэр, новеллэхэр, поэмэхэр, къыфIэбгъэкIмэ — драмэхэр… Сюжетыр — ар къызыращIэкI гуэрщ, каркасщ, а каркасым и мыхьэнэм фIамышу зи тхыгъэ къэзыгъанэхэми апхуэдэ тхыгъэхэр эталону къащыхъуу ирагъэса тхылъаджэхэми зэзэмызэ ягу къэгъэкIыжыпхъэт ахэр, литературэм и пщалъэ нэхъ пажэу щыт эстетикэм тепщIыхьурэ жыпIэмэ, зызыгъэлитературэ Iэужь нэмыщIысахэу зэрыщытыр… Къытыдогъэзэжри, тхакIуэм и IэфIри и зэфIэкIри здэщыIэр «зращIэкIракъым», — «къращIэкIырщ», хьэзыру гъащIэм къуитам, къыпIэрыхьам уэ ууейуэ хэплъхьэжыфыр зыхуэдэрщ, зыхуэдизырщ. Арауэ къыщIэкIынущ тхакIуэфIым щхьэкIэ «абы езым и хъэтI иIэжщ» щIыжаIэри.
Налор, шэч хэмылъу, ящыщщ зи хъэтI зиIэж тхакIуэхэм. Абы сюжетми зыщидзейркъым, сюжетыр зэрызэIуща Iуданэхэри гупсысэрэ псэкIэ егъэнщIыф, а сюжетым къыхэмыхьэжыфынкIэ е, хэкIа нэужь, жиIэн имыгъуэтынкIэ мышынэу, гупсысэ къеблар жыIэгъуэ ирегъахуэри, адэкIэ сюжет гъуэгуанэм пещэж, а дызытезэшыхьынкIэ хъуну щытам, дыхуэзэшам ещхьу, дытрешэж.
ГъэщIэгъуэн дыдэщ икIи щIэщыгъуэщ Заур и образ къэгъэщIыкIэхэри, щIэх-щIэхыурэ уи нэгу къыщIэувэж (е пхущIэмыгъэкIыж) щытыкIэхэм иту и персонажхэр зэрыуигъэлъагъуфри. Псалъэм папщIэ, схущIэмыгъэкIыжу си нэгу къыщIэнащ «ТIытIу и дыгъэ шыщIэ» новеллэм хэт щIалэ цIыкIум и плъэкIэр. Зытхьэлэну псым ирихьэжьэн япэ, гущIэгъу лъыхъуэу адэм къыхуеплъэкIыжа сабийм и нэгур. Сыт ар апхуэдизу гукъинэж щIысщыхъуар? Абы нэхърэ куэдкIэ нэхъ гуузу сытым хуэдизым уащрихьэлIэрэ литературэми гъащIэми? ЖыIэгъуейщ ар къызыхэкIыр. Мис а «жыIэгъуейхэм» я дежу къыщIэкIынущ литературэм, нэхъ убгъуауэ жыпIэмэ, — искусствэм и нэхъ телъыджэ дыдэхэр къыщыщIидзэри къыщыунэхури.
Куэд дыдэ жыпIэфынущ Налом и бзэм теухуауи. Ар анэдэлъхубзэм зэрыхущытыр зыкъомкIэ ебгъапщэ хъунущ динщIэкъур КъурIэным зэрыхущытым: анэдэлъхубзэм и псэлъафэ къэгъэщIыкIэ, и псалъэ ухуэкIэ дэтхэнэри дыщэм хуэдэу къелъытэ, ахэр дэнэ къэна, псалъэм и пкъыгъуэ гуэрхэр нэсу «зэрыдмыгъэлажьэм», ар дыдэмкIи хуэм-хуэмурэ бзэм и къарур зэрыщIэдгъэкIым ирогузавэ, зыгуэрхэр хуей-хуэмейми, ди тхыбзэр и жыIэм зыкъомкIэ трегъахуэ… Къэтщтэнщ, псалъэм папщIэ, суффикс — «ей»-р. Мыр, япэрауэ, хуабжьу къару гъэпщкIуа зиIэ суффиксщ, етIуанэрауэ, ижь-ижьыж лъандэрэ ди бзэр зэсэжа суффикс «дахэщ», лъэкIыну псор къыпкърумыхыныр емыкIущ. Къытригъэзэжурэ ар куэдрэ къыджиIащ Заур, икIэм-икIэжым, хуэм-хуэмурэ дытехьэу щIэддзауи си гугъэщ а тхыкIэм… Пэжу, щыIэщ мыпхуэдэм иризэгуэп, ди тхыбзэр пIэщIэрыщIэу хуащIа «жыпхъэм» къибгъэплъ мыхъуну къэзылъытэ, ямыщIэ псалъэ псоми «архаизм» яфIэзыщ, апхуэдэхэр къэгъэсэбэпын хуэмейуэ къэзылъытэ куэд.
Ар — ди тхыбзэр зэфIэувэным ину зэран къыхуэхъу Iуэху еплъыкIэщ. Япэрауэ, ди тхыбзэр, ди жагъуэ зэрыхъущи, нэсакъым зи Iуэхур сыт и лъэныкъуэкIи бзэпс хъуауэ къалъытэ (псалъэм папщIэ, француз, инджылыз, урыс, н.) тхыбзэхэм я щытыкIэм. Дэ, а лъэныкъуэмкIэ Iэнэ-Iэтэ зэщIэтлъхьэжауэ ди гугъэми, ди тхыбзэр зэфIэувэ къудейуэ аращ, бзэм «хэщыпыхьыфынкIэ» зэфIэкI зиIэхэм, абы нэхъ хуэщIахэм ар япэбубыдыныр къуаншагъэщ, я жыIэм сэбэп гуэр къыхыумыхыныр делагъэщ. ЕтIуанэрауэ, адыгэ тхакIуэм и псалъэ фондыр языныкъуэ нобэрей адыгэхэм я псалъэ фондым щхьэпрыкIын хуэмейуэ къэплъытэныр — ари губзыгъагъэм яхэббжэ хъуну ди гугъэкъым. (ИтIанэ ар зэщхь хъунур Ильфрэ Петроврэ я персонаж Эллочкэ и псалъэ фондырат).
Дыщымыуэмэ, Нало Заур и поэзием нэщэнэ нэхъыщхьэу хэлъыр — ущиеу зэрыщытырщ. ПцIыр сыткIэ щхьэпэ, «ущиер» поэзием хэлъын хуей хуабагъэр къыщIэзымыгъэхьэ, ар дэнэ къэна, — тIэкIу щIыIэ-псыIэ зыщI нэщэнэщ. Ауэ а нэщэнэм иIэщ поэзием хъугъуэфIыгъуэ куэд къыщыхуилэжьыф егъэзыпIэ. Ар — гъащIэм и философиерщ, философынэкIэ гъащIэм ухэплъэнырщ, абы щекIуэкIхэр псэкIэ зэбгъэзахуэурэ ущием куэдкIэ ефIэкI, нэхъ къару зиIэ икIи цIыхум нэхъ япкърыхьэ гупсысэ куухэр, гъэщIэгъуэнхэр къэбгъэщIынырщ… Езы гъащIэм, философынэкIэ а гъащIэм ухэзыгъаплъэ жьыгъэм, хуэм-хуэмурэ ухуашэу къыщIэкIынущ апхуэдэм. Ди гугъэщ Налом и поэзиери а лъэныкъуэмкIэ жьыщхьэ махуэ хъуауэ. Абы щыхьэт техъуэфынущ иужьрей илъэсхэм Заур итха усэхэр. «Урыху Iубыгъуэ» зыфIища и яужьрей тхылъыр.
Нало Зауррэ IутIыж Борисрэ. 2001 гъэ
Тхьэм ирещIи, адыгэ тхакIуэхэм, усакIуэхэм, къытхэтми, закъуэтIакъуэу къыщIэкIынущ къытхэтыр мащIэ-куэдми сабийхэм яхуэмытхауэ. АтIэми, сабийм яхуэтхэ псор сабий тхакIуэу е сабий усакIуэу къэплъытэныр щыуагъэщ. Уазэрыхуэтхэр аракъым е яхуэптхар зыхуэдизыракъым сабий тхакIуэ е усакIуэ узыщIыр — узэраджыр зыхуэдэрщ, узыджхэр зыхуэдизырщ, укъэзылъыхъуэхэм я бжыгъэрщ. Заур абыкIи шэч къызытумыхьэфын насып щигъуэтауэ си гугъэщ ди литературэм. А насыпым хэкIыпIэ хуэхъуар лIэужьыгъуищу зэхэту худогъэфащэ. Япэр — мо ищхьэкIэ зи гугъу щытщIа «ущиер» (мыр сабий тхыгъэхэм дэгъуэ дыдэу езэгъ нэщэнэу къытщохъу). ЕтIуанэр — сабийм я псэм узэрыдыхьэфыну Iэмалхэр, я психологиер фIыуэ зэрищIэр. (Нэхъ пэжыжыр жыпIэнумэ, — ищIэ къудей мыхъуу, и лъым хэту зэрыщытыр). Ещанэу — ижь-ижьыж лъандэрэ лъэпкъым къыдекIуэкIыу сабийхэм ятегъэпсыхьа IуэрыIуатэм фIы дыдэу зэрыхищIыкIыр… ЖытIахэм щыхьэт хъарзынэ къытехъуэфыну си гугъэщ сабийхэм папщIэ Заур къыдигъэкIа мы тхылъхэр: «Хъуромэ», «Аслъэныкъуэ», «Инэмыкъуэ», «КIэфий», «Джэгузэхэшэ», «Дыгъэеджэ», «Нагъуэ щабэрыкIуэ», н.
Илъэс 20-м нызэрихьэскIэ Заур сыщыдэлэжьащ сэ, япэм зэрыжаIэу щытам хуэдэу жытIэнщи, ЩIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым. Пэжу, Заур — IуэрыIуатэм телажьэ къудамэм, сэ — адыгэбзэмкIэ къудамэм… ЦIыхум тынш дыдэу епщIхэм сащыщкъым сэ, Заур а зэманым (70 — 80 гъэхэм) нэхъ къыпыщIауэ, и кабинетыр кIуапIэ, зэхуэсыпIэ зыхуэхъуауэ щытахэм сыразыхэзт жысIэу пцIы схуэупсынукъым. Заур и кIуэгъужэгъут, псалъэм папщIэ, лъэныкъуэ куэдкIэ цIыху телъыджэу дунейм тета Къып Мухьэмэд мыгъуэр, ХьэIупэ ДжэбрэIил, Бещтокъуэ Хьэбас, Бгъэжьнокъуэхэ Заурбэчрэ Барэсбийрэ, Црым Руслан сымэ, нэгъуэщIхэри. Музыкэ, литературэ, живопись — сытыт нэгъуэщI зытепсэлъыхьынур искусствэр зи псэм хэпщIа а цIыху гъэщIэгъуэнхэр! Заур езым фIы дыдэу хещIыкI а искусствэ лIэужьыгъуэхэм, сыт хуэдэ лъэныкъуэкIи псэлъэгъу, чэнджэщэгъу къыпхуэхъуфын хуэдизу интеллект лъагэ зиIэ адыгэлI нэсщ. Арат мопхуэдэу щIалэгъуэ жэрдэмри Iэзагъэри зи куэд цIыхухэм абы и кабинетыр кIуапIэ щIахуэхъур. Тхьэ ирисIуэфынущ: а ныбжьэгъу нэхъыщIэхэм яхуиIэ пэжыгъэм зэи епцIыжакъым Заур…
Дэтхэнэ цIыхуми гъащIэм щIыхуэарэзы гуэрхэр къыпхурибжэкIыфынущ. Си щхьэкIэ апхуэдэхэм ящыщу сэ къызолъытэ си гъащIэ гъуэгуанэм КъардэнгъущI Зырамыку, ГъукIэмыхъу Iэубэчыр сымэ хуэдэ цIыхушхуэхэм сазэрыщрихьэлIар. СащрихьэлIэ къудей мыхъуу, сазэрыдэлэжьар, IуэрыIуатэ зэхуэтхьэсын, анэдэлъхубзэм и диалектхэр къэхутэн мурадкIэ, адыгэ щIыналъэхэр къызэхэткIухьу зэрыщытар. Мис апхуэдэу си гъащIэм къыхыхьа икIи къыхэна цIыхушхуэхэм ящыщ зыщ Нало Заур.
Жьыгъэр фIыщ жызыIэм пцIышхуэ еупс, ар зэрыпцIыр къывжезыIэфынухэм ящыщ дыхъуакIэщ дэри. Абы къыхэкIыуи щIэх-щIэхыурэ гукIэ къыдобжэкI фIыуэ тлъагъу ди ныбжьэгъуфIхэр, пщIэ зыхуэтщI ди нэхъыжьыфIхэр, ахэм я бжыгъэр зэрыкIуэщIми дронэщхъей. Дронэщхъей икIи дрогужьей, фIыуэ тлъагъу ди цIыхушхуэхэр узым игъэхыщIэу щытлъагъукIэ, унэм къыщIэмыкIыжыфу къыщытщIэкIэ. Нэхъ зэхуэгуапэу дыщытын зэрыхуейм кIуэ пэтми псэкIэ доувалIэ. АтIэми дрогуфIэ абыхэм ящыщ зыкъом ноби зэрытхуэпсэум, тхыгъэ гъэщIэгъуэнхэмкIэ къытхуэупсэн гукъыдэж иджыри зэраIэм…
IУТIЫЖ Борис,
КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ. 2003 гъэ
КъурIэным и зэдзэкIакIуэ
Сэ сызэреплъымкIэ, Нало Заур цIыхухэм я гум щыпсэунущ «сыадыгэщ» жызыIэ дунейм тетыху. Алыхь ЛъапIэм тыгъэ куэд къыхуищIащ Заур. Псэ къабзэу, адыгэлI пэжу, цIыхугъэм и гъащIэр тыхь хуищIу псэуащ ар.
Болий Мустафаррэ Хъуажь Мухьэмэд-Хъеррэ и гъусэу.
Бзэм зегъэужьыным, щIэныгъэм, адыгагъэм теухуауэ абы илэжьам хэти щыгъуазэщ. Адыгэбзэр ищIэу, абы и тхыгъэхэм щIэмыджыкIа щыIэу къыщIэкIынкъым. Ауэ сэ зи гугъу сщIынур дин пэжыр адыгэхэм къагурыIуэным Налом хилъхьа лэжьыгъэрщ, КъурIэныр адыгэбзэкIэ зэдзэкIыным хилэжьыхьам теухуа тхыгъэ срихьэлIакъыми.
Хъуажь Мухьэмэд-Хъер и жэрдэмкIэ, дызэгъусэу илъэс зыбжанэкIэ КъурIэным и мыхьэнэр адыгэбзэм къидгъэзэгъэным дызэделэжьащ. Мухьэмэд-Хъер хуейт зэдзэкIам бзэм фIыуэ хэзыщIыкI, Нало Заур тхухэплъэну. Заури дигъэщIэхъуакъым.
Япэ щIыкIэ Налом и деж дыщызэхуэсурэ, «Яасин» сурэ лъапIэр зы тхылъ цIыкIу тщIыри къыдэдгъэкIащ. Еджахэм ягу ирихьауэ къыщытщIэм, ди лэжьыгъэм пытщэну дызэгурыIуащ. ЩIэддза къудейуэ, Заур си закъуэу зыкъысхуигъазэри къызэупщIащ: «Уа, щIалэ, ушынэркъэ мы дызыпэрыува лэжьыгъэр тхузэфIэмыкIыу гуэныхь къэтхьынкIэ? Уэ уегъэджакIуэщ, сэри диным хэсщIыкIышхуэ щыIэкъым, тIуми хьэрыпыбзэ тщIэркъым». А упщIэр Мухьэмэд-Хъер хуэзгъэкIуэтати жэуап къритащ: «А гупсысэр тщымыгъупщэу, КъурIэн лъапIэм и мыхьэнэр адыгэбзэм нэсу къидгъэхьащ зэи тхужыIэнукъым. КъурIэныр Алыхьым и псалъэу Мухьэмэд бегъымбарым хьэрыпыбзэкIэ къыхуехаращ, дэ дызыщIэкъунур абы и мыхьэнэм Алыхьым къытIурилъхьа ди бзэмкIэ цIыхухэр щыгъуазэ тщIынырщ. Си фIэщ мэхъу дэр нэмыщIкIи куэд а Iуэхум зэрелэжьынур, ди лэжьыгъэр зэрырагъэфIэкIунур. Сэ сыхуейщ Мустэфар дэрэ ди лэжьыгъэм щыри дызэгъусэу дыхэплъэжыну. Сэ хьэрыпыбзи сощIэ, динми сыхуеджащ».
ДызэгурыIуащ, щыри дыхуэмыарэзыуэ зы Iэят блэдмыгъэкIыну.
ИлъэситIкIэ дыздэлэжьащ Заур и унэм дыщызэхуэзэурэ. А зэманым Налом и Iущагъыр, и щIэныгъэр, и бэшэчагъыр наIуэ къысщыхъуащ. Гугъут абы удэлэжьэну: лъэныкъуэ псомкIи зэпимышэчауэ зы псалъэ закъуи блигъэкIынутэкъым, и фIэщ мыхъуауэ зыми арэзы техъуэнутэкъым. Тыншт Заур удэлэжьэну: апхуэдизкIэ дахэ хъурт ар зыхэлэжьыхьари, укъыщеджэкIэ псынэпс къабзэ уефэм хуэдэу къыпщыхъурт, псэр игъэгуфIэрт. Налом жиIэрт: «Мы ди лэжьыгъэр хэт дежкIи — профессорми, еджакIуэми, щIэныгъэншэми — гурыIуэгъуэу щытын хуейщ».
«Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и фIыгъэкIэ, зэддзэкIыр абы къытехуэрт. ЩIэджыкIакIуэхэм къытхуатхым Заур мыхьэнэшхуэ иритырти ди лэжьыгъэм къытедгъэзэжурэ дыхэплъэжырт. ЗыгуэркIэ дызэрызэгурымыIуэхэм теухуауэ Мухьэмэд-Хъер дин лэжьакIуэхэм яхуэзэрти хигъаплъэрт. Арэзы зыхуэмыхъухэр апхуэдэу иригъэлъэгъуащ дуней псом щыцIэрыIуэ дин щIэныгъэлI Цей Джэудэт Сэхьид (Сирие Хьэрып Республикэ).
А илъэситIым къриубыдэу Заур и гуащIэри и зэманри мы лэжьыгъэм тригъэкIуэдащ. Iуэхум щыпэрыувэм, Налом ибзыщIыртэкъым муслъымэн диным зэрымыарэзы гуэрхэр зэрыхэтыр. КъурIэным и зэхуэдитIым дынэсауэ, абы къыджиIащ: «Сэ нэсауэ си фIэщ хъуащ мы ФIыцIагъэр дыкъэзыгъэщIа Тхьэшхуэм къызэрыбгъэдэкIар, Мухьэмэд бегъымбарри Абы зэрилIыкIуэр». Абдежым Заур къытхуеджащ Iэят «ал-Курси»-м, триухуа усэр.
Iэталкурси
Мы дунейр зытезыIыгъэ,
Мэхъу си фIэщ уи закъуэныгъэр.
Зэи къэмыкIуэ уи жеин,
КъыптемыкIуэ щхьэукъуэн.
Дунеишхуэр къэзыгъэщIыр
Уэрщи, ди Тхьэ, еш умыщIэ.
КъэбгъэщIам урихъумакIуэщ,
УощIэр уэ дунейр зыдэкIуэр.
Дунейр хуейкъым зым и нахъти —
Уэри щIыри уэ уи тахътэщ.
Уэ шейтIаныр уогъэшынэ,
Хьэрэм зышхыр уогъэпшынэ.
Мы зыр си щхьэм къимытIасэ —
Щхьэ лейзехьэм уахуэIэсэ?
Мы усэм хыболъагъуэ Налом сыт ищIысми куууэ егупсысу зэрыщытар. И акъылыр игъэлажьэу, нэсу арэзы зытемыхъуар къищтэфыртэкъым. Ислъамым нэсу ар пхызыгъэкIар КъурIэн лъапIэм и мыхьэнэм куууэ зэрыхэгупсысыхьарщ.
Диным цIыхур хуэунэтIыным и мызакъуэу дыадыгэщ жыдэзыгъэIэ ди бзэр хъумэнымкIэ фIыгъуэшхуэщ КъурIэн Iущым и мыхьэнэр адыгэбзэкIэ зэдзэкIа зэрыхъуар. А лэжьыгъэм и псэ емыблэжу хэлэжьыхьащ Нало Заур. А зэманым Налом и щхьэгъусэр иIэжтэкъым, итIани абырэ и шыпхъу Къарэрэ дэ пщIэуэ къытхуащIар пхужыIэнкъым. А зэман кIыхьым бысымыфIу диIащ ахэр.
Алыхьталэм и фIыщIэщ апхуэдэ псэ къабзэхэм садэлэжьэну Iэмал къызэрызитар. Тхьэм солъэIу Заур адыгэ лъэпкъым хуищIа лэжьыгъэм пэкIуэ псапэр бэгъуауэ къритыжыну, зыдэкIуэжа дуней пэжым жэнэтым и фIыпIэр къыщыхуигъэфэщэну.
БОЛИЙ Мустэфар,
егъэджакIуэ. Кэнжэ къуажэ
Псатхьэм къыщигъэзэжынур
ЦIыхур дунейм къытохьэри йохыж. Лъэужьыншэр нэхъыбэщ. Лъэужь дахэ къэзыгъэнам псэухэр йохъуапсэ. Нало Заур къигъэнар зы цIыху и лъэужь закъуэкъым, дунейпсо хуэдиз мэхъу. Къызэгуэдвгъэх и тхылъхэм ящыщ — щIэныгъэр зи лъабжьи, лъэпкъ литературэм и курыхыу зетхьэхэри — дэтхэнэри щыхьэтщ: Налом зы дунеишхуэ къытхуигъэнащ, гугъэкIэ зыщыдгъэнщIрэ гъащIэ къыщытхыхьэжу, дигу къигъэкIыжащ тIэщIэхуа хабзэр, къытIурилъхьэжащ ди бзэр…
Зауррэ Къаныкъуэ Заринэрэ. 1998 гъэ
НАЛО Заур и сабиигъуэр гугъут, и адэр къыщхьэщытыжакъым — зы лажьэ имыIэу дашащ, ягъэтIысри, ягъэкIуэдащ. БлутIэ (арат Заур зэреджэр) къуажэ кIыщым щылэжьэн хуейуэ къытрагъахуэри, еджапIэ кIуэну хуимыту къыщIрагъэдзыжат, ауэ, и насып кърихьэкIри, гъукIэ нэхъыжьу яхэт Къэжэр ХьэкIашэ щIэныгъи бгъэдэлъу, цIыхугъи хэлъу къыщIэкIащ. Налом и «Къру закъуэ» новеллэм и лъабжьэр аращ. ИужькIэ, тхакIуэ къыщищIыкIым, Налом тхылъ щэ ныкъуэм щIигъу къыдигъэкIыну хунэсащ. Пхъуантэ дэз дыщэ къуатами, епт хъункъым языхэзыр… Сыту гуащIафIэт, сытуи цIыху телъыджэт ди нэхъыжьыр! Абы и усэхэм, и псысэхэм деджэу дгъэкIуащ ди сабиигъуэр: «ЦIыху напэ», «Бзухэм я бзэ» поэмэхэр гукIэ тщIэрт, итхыжа хъыбархэр зэхуэтIуэтэжырт… Си пщIыхьэпIи къыхэхуэртэкъым ди псысэусым зэгуэр сыхуэзэну.
«Iуащхьэмахуэ» журналым сыщылажьэу (илъэс пщыкIутху и пэ) дызэрыцIыхури, чэнджэщ къызитмэ сыгушхуэу, Iуэхутхьэбзэ гуэр сигъащIэмэ си щхьэр лъагэу слъагъужу дыкъызэдекIуэкIащ. Езы дыдэ Нало Заур и тхыгъэ дзыхь къыпхуищIу уригъэлэжьыну — ар пщIэшхуэт сэркIэ, сэ тхэн щIэздзагъащIэт. Хьэрф зырызу къыщыпщыпкIэ, ущеджэжкIэ я купщIэр уи гум нэсынтэкъэ?! Си гум хыхьэжырти, си псэр ягъэкъабзэрт Налом и тхыгъэхэм. Адыгэ джэгуакIуэжьхэм щатепсэлъыхькIэ ахэр уи нэгу къыщIигъэувэу, я бзэ телъыджэр уи тхьэкIумэм къригъаIуэу; езым и гъащIэм хэта цIыху къызэрыгуэкIхэм я гугъу щищIкIэ, апхуэдэхэр къуажэ уэрамхэм къыщыпхуэзэну угугъэу; и псысэхэм хэт лIы хахуэхэмрэ тхьэIухудхэмрэ щыIэу уи фIэщыпэ ищIу — апхуэдэут зэрытхэр Налор.
ЩIэныгъэшхуэ бгъэдэлът: бзэм, IуэрыIуатэм, тхыдэм зэреджам, куууэ зэрыхищIыкIым нэмыщI, дуней псом щызекIуэ сурэт щIыкIэхэм, макъамэхэм щыгъуазэт. И гъащIэм нэхъ гъэщIэгъуэн дыдэу илъэгъуахэм щытепсэлъыхькIэ, Заур зи гугъу ищIыр музейхэрат.
«УзыщIэхъуэпсыр сыт?» — жиIэри, илъэс блыщIым ит Налом адыгэ журналист Ширдий Маринэ еупщIат. «Урыхужь и Iуфэ унэ цIыкIу сыщIэсу сыпсэунт, фIыуэ слъагъу щхьэгъусэ сщIыгъуу», — жиIэри, жэуап итыжащ. Ар сигу къинарэ абыкIэ сыхуэхъуапсэу, махуэ гуэрым Заур редакцэм къыщIохьэри, и нэ нащхъуитIыр къигуфIыкIыу хъыбар жеIэ: «Щхьэгъусэ къэсшэжащ! (ТхакIуэр куэд щIауэ и закъуэу псэут, бынитI зыдигъуэта и щхьэгъусэр дунейм ехыжауэ). Къишэжар Жыгунхэ япхъу Нусэщ. Илъэс пщыкIутIкIэ зэдэпсэуащ Зауррэ Нусэрэ, Урыхужь и Iуфэ Iумысами, зэдэнасыпыфIахэщ. ИкIи Нало дадэм и усэныр къеблэжри, аргуэру усащ, тхылъипщI нэблагъи елэжьыжащ а зэманым. «Къру закъуэ» тхылъыр иужь дыдэу дунейм къытехьахэм ящыщщ. Мыр 1981 гъэм къызэрыдэкIыу зэбграхри, цIыхум яхузэрымыгъэгъуэту къэнати, етIуанэу къыдагъэкIыжу арат, ауэ иужьрей илъэсхэм итха новеллэхэри хэдгъэхьат, «Жыг хъурсанэ» жыхуиIэри хэту. А хъыбарыр зэриухыр мыращ (жыг телъыджэм жеIэ): «…Псатхьэм мы фи хэкур къыщIигъэщIар жэнэт ищIыну арат. Ауэ фи лъэпкъыр — адыгэкIэ зэджэр! — къигъэщIа нэужь, къыфхэплъэжри — дахагъэрэ узыншагъэрэ, лIыгъэрэ цIыхугъэрэ, лэжьыгъэрэ акъылкIэ къыфпэхъун щимылъагъум, жэнэтыр нэгъуэщI щIыпIэ ихьри, мы лъахэ телъыджэр фэ къывитащ. Аргуэру къыфкIэлъыплъри, итIани егупсысащ: хьэуа къабзагъэкIи, псы IэфIыгъэкIи, щIым и пшэрагъкIи зихуэдэ щымыIэ хэкум ис лъэпкъым хуэфэщэн бзэи иIэпхъэщ! — жиIэри, адыгэбзэр къыфIурилъхьащ, дунейм цIыхуу тетыр къывэхъуапсэу. Ауэ къыфкIэлъыплъыжщ, фигъэунэхущ аби, фи хьэуа къабзэри фымыгъэлъапIэу, фи псы IэфIри фымыхъумэу, фи щIыгулъ пшэрми фыщымысхьу, фи бзэ шэрыуэри зэвмыпэсыжу гу щылъитэм, зыкъыфхуигъэгусэри, Хьэршым кIуэжащ.
— Псатхьэ жыхуаIэр сыт езыр? — Кушбий доплъей, егъэджакIуэм еупщI хуэдэу.
— Ар вжесIаи иджыпсту: лъахэри, цIыхури, лъэпкъри къэзыгъэщIыр Псатхьэращ. Мы мэзыжьри, мэзыжьым щIэтри, щIэсри, щIэжри зи IэщIагъэр Псатхьэращ. Мо фэ вгъэщIагъуэу езгъэжьа гупыр зэрезгъэжьари абыхэм я унафэщ.
— ЫнтIэ, къашэжыфыну абыхэм ди Псатхьэр? КъахуэмыкIуэжмэ, дауэ хъуну? — си нэпс къызэпижыхьам гу лъызмытэу соупщI, жэуап дахэкIэ сыгугъэу.
— КъахуэмыкIуэжмэ, фэри фыунэхъуащ, дэри дыкъэсэхыжащ, — жи Хъурсанэ, и нэпсым уэсэпсу къызэпижыхьауэ. — Ауэ сэ си гугъапIэр фщIэрэ? Бынунэр адэм елъэIумэ хуэгъэщIэхъун и щIэблэр? Хъурсани поплъэ, дэри дыпоплъэ…».
Ярэби, Нало Заур къытхуигъэна дунейр псэкIэ тхузыхэщIэ дыхъуатэмэ, абы зи гугъу ищI цIыхугъэр тхэлъыжатэмэ, къимыгъэзэжыну пIэрэт ди Псатхьэм? Си щхьэ соупщIыж, жэуапри си гум къызжеIэ: къигъэзэжынут…
КЪАНЫКЪУЭ Заринэ,
«Горянка» газетым и редактор
нэхъыщхьэ, усакIуэ.
Нало Заур и «Урыху Iубыгъуэ» тхылъыр къызэрыдэкIар СурэтыщI гъуазджэмкIэ музейм щагъэлъапIэ. Сурэтым (сэмэгумкIэ къыщыщIэдзауэ): IутIыж Мэжид, Хьэщэ Къанщобий, Нало Заур, IутIыж Борис, Уэхъутэ Александр, ГъукIэ Замудин. 2001 гъэ
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29886.txt"
} |
Нало Заур и тхыгъэхэр
Сабий Iыхьэ
Адыгэбзэр мэбзэрабзэ
Адыгэбзэр убзэрабзэм,
Уафэ къащхъуэм зеукъэбзыр,
Дыгъэ джылыр къыщIокIыжри.
Бзум усэныр ягу къокIыжри,
Удзхэр вагъуэу къыздогъагъэ,
ИригуфIэ я дахагъэм.
Ди джэд къомыр зэдокъакъэ,
КъытхуакIэцIри дыщэ къакъэ.
Мамэ нэхъри мэхъур гуапи
Дегъэшх IэфIу лэкъум хуабэ.
Нанэ и псэ, дадэ и бзэ
Сэ си нанэр папэ янэщ,
И псэр адыгэпсэщ,
Сэ си дадэр папэ ядэщ,
И бзэр адыгэбзэщ.
Адыгэпсэ — нанэ и псэ,
Сыту упсэ дахэ!
Адыгэбзэ — дадэ и бзэ,
Сыту убзэ дахэ!
ФщIэрэ фэ а бзэм и лIыгъэр?
Ар йопсалъэ дыгъэм.
Сыту фIыщэт, уэ ди дыгъэр,
Узэрыадыгэр!
Дыгъэмрэ сэрэ
Дыгъэр уэгум щокIэрахъуэ,
Псыр пэгункIэ къызогъахъуэ.
Ди жыгыжьыр изогъафэ,
Сэ жыг щIагъым сыкъыщофэ.
Къэгъэгъащи ди жыгыжьыр,
КъыпыкIэнущ балий плъыжьхэр —
Плъыжьрэ-плъыжьрэ фIыцIэ
защIэу.
IэфIрэ-IэфIрэ гуащIэ мащIэу!
Абы дыгъэм фо къахуехьыр.
Сэ а дыгъэр сигу ирохьыр —
Хэзгъэлъынт сэ дыгъэ хуабэр,
КIущэм хуэдэу, мы си гупэм,
ТIуми IэплIэ зэтшэкIауэ,
Дызэкъуэшу къыщIэкIауэ!
Балигъ Iыхьэ
Урыху Iубыгъуэ
Къызэджэу си Тхьэр сыщишэжкIэ,
Си гъуэгур евмыгъэхьу гугъу,
Сыкъэвгъэгугъэ псалъэ пэжкIэ,
Пщэдей насып сыщывгъэгугъ.
Жыхьэнэмэжьым и лъэмыжым,
ГугъэфI уимыIэм, икIыгъуейщ.
Хуэвгъади ар щауэишыжым,
Дакъикъэ закъуи сывмыгъей.
Къысхуэвмылъыхъуэ фэ дохутыри,
Къызэвмыгъапщэ уд бзэмыIу.
Къэфлъагъу хъуххэнум си хьэтыри,
Си лъынтхуэм мастэ къыхэвмыIу.
Урыху Iубыгъуэ къысIурыфкIэ,
Хьэлу дзэкъэгъуэ къысIурыфлъхьи —
Мы си псэр хьэршым къисшыжынщ,
Си нэ гъуабжитIри къэплъэжынщ.
* * *
Соплъыж си гъащIэм сэ нэбгъузкIэ —
Си лъагъуэ слъагъум сыкъегъэтхъу.
КъыщIитхъыр си гум сэ
цIыхубзкъым,
Къулыкъуи си гум къыщIимытхъ.
Сигъэгузавэу си гум къеуэр
ПсалъэфIу сэ ескъухыжарщ,
Симыгъэжейуэ къызэдауэр
Хьэтыру сэ сымылъэгъуарщ.
Си напэр мэс, сыпщоукIытэ,
Си лъэпкъыу сэ къысщыгугъам.
Сэ жыхьэнэмэм сыщопкIатэ,
Си адэжьым и гур къызэбгъам.
Си лъэпкъ ужьыхыр и псэхэхым
КъыIэщIэсхыну схулъэгъэкI.
Ар слъэмыкIынум сырехуэхи
Сырехъу мафIэжьым и лъэмыж!
Мы дуней дахэу гъащIэ мыгъуэм
Бэлыхь тIуащIэр щызошэч.
Абы и защIэу хьэзаб гугъур
Мо жыхьэнэмэм ныпэшэч!
СумыщI и къан мы дуней
къуаншэм,
Къыстырепсыхэ и хьэзаб —
Уэ уи хьэзабыр сэркIэ тыншмэ,
Уи щIасэныгъэр бэну зэвщ.
Ущысхьыжынум къару бгуэшым,
Щхьэ гугъэ лъагэр къызэпта?
Сетхьэлэ сэ укIытэ хуэшым,
Абы, си Тхьэшхуэ, гу лъыпта?
* * *
Сыхуейт сэ нобэ тхьэ пэж щыIэну,
Мысэмрэ хеймрэ зэхигъэжыну.
Сыхуейт сыщылIэкIи зы гъуэгу
сиIэну,
ФIыуэ слъэгъуахэм сахуишэжыну.
Сыхуейт сэ Нанэ сыбгъэдыхьэжу
Си гурыгъу псори хуэсIуэтэжыну,
Си щхьэ ныкъуэтхъур и куэщI
ислъхьэжу
И Iэр къыздилъэурэ сигъэжеину.
Сыхуейт сэ Бабэ сырихьэлIэжу
КъыращIа псори жезгъэIэжыну,
И бын къыщIэнэхэр и гум
къыщIитхъыу
Псэр зэритари къиIуэтэжыну.
Стынут дауэншэурэ мы си псэ тIэкIур
СщIам а тхьэмыщкIэхэм саIуплъэжыну,
Си псэр щыхэкIкIэ тхьэIухуд къакIуэу
ФIыуэ слъэгъуахэм сахишэжыну.
* * *
Ей, си гъащIэу лъагъуэ
цIэнтхъуэрыгъуэ,
Апхуэдизу щхьэ сыкъэбгъэпцIа?
Сыщепшажьэм инкIэ сыбгъэгугъэу,
Щхьэ банапкъэм сыщыбулъэпцIа?
Ди уардэгъуэм къигъэзэн имыдэу
Ежьэжащи, пшагъуэм ныхопщкIуэж.
Ди адыгэ лIыгъэр зэрыкIуэдыр
ЖэщкIэ си гум лъыуэ къыпоткIуж.
Укъэмывэ куэдрэ, Нало и къуэ!
Хэт гущIэгъукIэ уэ узыщыгугъыр?
Хэт уфIэщIрэ зи гур хъунур ныкъуэ,
Зэхихыпэу щытми уи гурыгъур?
Псэу плъэкIыхукIэ зэрыплъэкIым тетуи,
ПлъэмыкIыжмэ — бжыкъум зыфIэдзэж,
Ауэ гущIэгъу лъыхъуэ, угужьейуи,
Уи цIыхуэгъухэм деж уемыплъэкIыж.
Ей, си гъащIэу лъагъуэ цIэнтхъуэрыгъуэ,
Щхьэ гувауэ щIым сыкъытепша?
Сыт ИстамбылакIуэ зэман мыгъуэм
Сыхыумылъхуэу сыкъыщIыблэпшар?
НэгъуэщI мыхъуми заныпыIуздзэнти
Хым икIыжхэм яз къэзгъэувыIэнт,
Е бий псэжьу къакIуэм сыпежьэнти,
Си гум зы шэ цIыв щызгъэупщIыIунт!
* * *
Къэжэр ХьэкIашэ и фэеплъу
Алхимик хуэдэу сохьыр гъащIэр,
Сигу илъым си Iэр лъэмыIэсу.
Къэжэр ХьэкIашэ жиIэрт, гъущIыр
IэщIагъэм дыгъэу къригъэпсу.
ХьэкIашэ гъущIыр хуэфIэрафIэрт,
И Iэгум дыгъэу къилыдыкIыу;
И уадэм гъущIыр игъэбжьыфIэрт,
Мы дыщэ плъыжьым елъэпIэкIыу.
Къызощтэ уадэр сэ сыщIалэу,
Балигъ сыхъухукIэ гъущI соуIур —
ИтIани дыщэм зы мэскъалкIэ
Нэмысу гъущIыр мэупщIыIур.
ЙокIуэкI сыхъуапсэу гъащIэ гущэр,
Сигу илъым си Iэр лъэмыIэсу.
Агънокъуэм жиIэрт, псалъэр дыщэм
IущагъкIэ цIыхум хунэгъэсу.
Агънокъуэм псалъэм псэ
хилъхьэфырт,
И псалъэр жыгым еIущэкIыу,
Адыгэ псалъэр къигъэплъыфырт
Мы дыщэ плъыжьым елъэпIэкIыу.
Согъэплъыр псалъэр си акъылкIэ,
Соусри усэ, сыщIодэIур —
ИтIани дыщэм зы мэскъалкIэ
Нэмысу псалъэр мэупщIыIур.
ГъущI зыгъэдаIуэр тхьэпэлъытэщ,
Абы сэ дауэ сыпэхъуну?
КъодаIуэм псалъэр — утхьэ дыдэщ,
Ар сэ слъэкIыну — тхьэ сыхъуну?!
70
Илъэс блыщIыр къэзгъэщIами
Сырикъуакъым, си Тхьэ,
ГъащIэр хьэпсу къэбгъэщIами
ЗызгъэнщIакъым, си тхьэ —
Сыту IэфIу зэхэпщIат
Мы ди гъащIэ дыджыр!
ГъащIэ дыджым и зы гъэщIым
ЩхьэкIэ, лъагэу си Тхьэ,
Сыхьэзырщ жыхьэрмэ куэщIым
Щысшэчыну, си Тхьэ,
Илъэсищэм и хьэзаб
Сымытхьэусыхэу!
Сэ сыхуейкъым дыщэ плъыжьи,
Уэ жумарту си Тхьэ,
Яхуэгуэш ар нэпсеижьхэм,
Ущымысхьу, си Тхьэ, —
Сэ къызэт уэ зы къалэм
Иристхыну усэ.
Сэ сыжыгмэ, мы си щхьэкIэр,
Адэ лъапIэу, си Тхьэ,
Пхузогъэщхъыр блыщIым щхьэкIэ,
Мы си жьыгъэм и Тхьэ, —
Сыту гуащIэу къэбгъэщIат
Мы ди гъащIэ фадэр!
Илъэс блыщIыр къэзгъэщIами
Си щIэщыгъуэщ, си Тхьэ,
ГъащIэр мафIэу къэбгъэщIами
Къысхупыщэ, си Тхьэ, —
Фадэ мафIэм сыхэгъэф
ЗигъэнщIыхукIэ си псэм!
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и III Конгрессым хэтщ. Черкесск къалэ, 1996 гъэ
Зауррэ и лэжьэгъухэмрэ Урыху къуажэм щохьэщIэ. 1974 гъэ.
ТIуанэ
Новеллэ
ТIАСУТIЭ мыгъуэр фыз къабзэ цIыкIут, и щхьэц фIыцIэ тIэкIур джафэу ежьыхарэ гуэлмэдыныщхъуэкIэ фIэпхыкIауэ, нэ фIыцIэ цIыкIуитI иIэрэ къыпщыгуфIыкIыу къоплъу. ТIасэ деж укIуамэ, дуней фIыгъуэр хуэпхьа хуэдэ къоплъ, — жаIэрт благъэми гъунэгъуми. И шыгъупIастэр IэфIт, и псалъэр щабэт. ТIасутIэ лIыр зыгъэтынш фызхэм ящыщт.
Зрата лIыр абы щилъэгъуар щхьэтепхъуэр траха нэужьщ. ЗэрыIуплъэу, тхьэмыщкIэ, и лъакъуитIри къызэфIэщIэри етIысэх пэтащ, ауэ и къару тIэкIур зэхуихьэсыжри, зызэтриубыдэжыфащ. Убзылъхугъэмэ, узратым урейщ: насып уиIэмэ, цIыху хуэдэ упэщIэхуэнщ, насып уимыIэмэ… абы щыгъуэми Алыхьым къыпхуиухар плъагъунщ. ТIасутIэ Алыхьым къиужэгъужауэ къыщIэкIынтэкъыми Иналыр щIалэ бжьыфIэ лъэщрэ цIыху къайгъэншэу къыщIокI — игъащIэкIэ и Iэ къиIэту къоуэнукъым, Алыхьым и ней къыпщыхуэ жиIэу къощынукъым, ауэ и гурыфI къыщикIам деж, тхьэ, уигъэукIытэу къодэхэщIэнум. ЛIо-тIэ абы фIэкIа уэри узыхуейр? Тхьэм къыуитар ущиIыхьэм деж шыкур хуэщIуи псэу! ЛIо ТIасутIэ Алыхьым щIыхуэмыарэзынур? И лIыр лэжьакIуэшхуэщи, къилэжьыр яшхынуи щатIэгъэнуи ярокъури, псапэ тIэкIуи хащIыкIыж, тхьэ! ДыкъэзыгъэщIа, зы Iэпыдзлъэпыдз иIамэ, итIанэ мор-мыр жыхуаIэм хуэдэу псэунтэм! АрщхьэкIэ нейIэмал — Инал къуэ иIэкъым. Алыхьым къритакъым. ЛIо-тIэ къримытамэ! Езы ТIасутIэ къыкъуэувэнщ, тхьэ, абы сыт и лъэныкъуэкIи: кIуэнщи, чау жиIэу Iэнэ ищтэнщ, хадэ ипщIэнщ, кърихьэлIэжынщ… Лэжьыгъэм иукIа слъэгъуакъым сэ. ФIыуэ шхэи фIыуэ лажьэ — аращ узыншагъэри насыпри.
ЗэлIзэфызым я псэукIэр ефIакIуэрт. Иналым витI зэрегъэпэщ, унэ хуэдиз хъухэу, ауэрэ уанэши къещэху, мыгувэуи шыгу зэщIащIэ мэхъу, еубий — хывищ къаш. ПхъуитI яIэти, ахэр Iэпыдзлъэпыдз зэрыхъуу, яужь йохьэри илъэситIым къриубыдэу къэнжалыщхьэ телъу абджыпс унэ дахэ къыдагъэувэ — Хъуэхъужьхэ я унэхэм нэхърэ зыкIи мынэхъыкIэу! Алыхь-алыхь, сыт хуэдиз цIыху къекIуэлIа абы я унэ тхьэлъэIум! Сыт хуэдиз хъуэхъуи щыжаIа!
— Ялыхь, джанэ кIыхьыр нэхъ мащIэрэ джанэ кIэщIыр нэхъыбэу къыщIэкIутэ!
— Уу, ялыхь, я лэжьыгъэшхуэр псыхэкIуадэ умыщI!
— Я дэ ди тхьэ, мыр уардэ унэжь зыщIын къет!
Жылэр гуфIэрт, жылэр ефэрт, жылэр къафэрт, хъуахъуэрт, ауэ а хъуэхъу дахэхэр зэхихыхукIэ ТIасутIэ тхьэмыщкIэм зипIытIырт-зихузырт, къуаншагъэ гуэр бгъэдэлъ нэхъей, нэхъри нэхъ цIыкIуж хъурт. Еууей жыпIэркъэ, сыт гущэр и Iэмал ТIасутIэ, пхъу фIэкIа азалыхьым зримыта ТIасутIэ? Къаншыр мащIэрэ игъэплъа абы? Лалыхъуэ деж кIуэурэ дапщэрэ игъэIэза! Алыхьталэм емылъэIуу махуэ дигъэкIа? Хьэжбарэ ефэндыми жиIащи, а Лэухъун-Мэхьфужьым иратхэм зэхъуэкIыж иIэкъым. Сыт мыгъуэр пщIэн-тIэ, гуныкъуэгъуэ гуэри зимыIэж щыIэ! ТIасутIэ тхьэусыхэну гуэныхьщ, тхьэ: къуэ къэплъхуркъым жиIэу и лIыр къешхыдэркъым, уизгъэкIыжынщи къыжриIэркъым, къехъурджауэркъым. Абы нэхъ хэмылъу изыгъэкIыж дапщэ ухуей!
Инал псалъэ жимыIэ щхьэкIэ, гурыгъу имыIэ уфIэщIрэ — тхьэ, кIуэ пэтыху, нэхъ нэщхъей мэхъум. Ар ТIасутIэ къыгурымыIуэ уфIэщIрэ! АрщхьэкIэ нейIэмал!..
Ауэрэ пащтыхьыжьыр традз, большевикхэр къоунэху, кадетхэри зы къуэладжэ гуэр къыдокIри къожьэ. Дунейр къызэIохьэ. Лиуан большевик гъуазэ мэхъури, жылагъуэр революцэ къэзэуатым хешэ. Лиуан псэзэпылъхьэпIэм щихьэкIэ, и къуэшхэр жьэгум пхудэсынт — мэшэсхэри абы бгъуроувэ. Мис абдеж мыгъуэращ ТIасутIэ тхьэмыщкIэр Iейуэ къыщигъэгупсысар: «Зэшыжьхэр, я къуэхэр я гъусэу, мэшэсри докI, мыр абыхэм ехъуапсэу и закъуэпцIий дошэсыкI. ПсэкIуэдкъэ иджы ар! Дауэ гущэ упшыныжыну, фыз тхьэмыщкIэ, апхуэдиз гуэныхьыр? Сытыр Iэмал?.. Ярэби-яIэлыхь, хэкIыпIэ зимыIэжу пIэрэт мы сэ сызыхэхуар? СикIыжынути, хъыджэбзитIыр схухыфIэдзэнукъым… Сыкъинэжынущи, лажьэ зимыIэ лIыр насыпыншэ сфIохъу… Къан къызохьри — къызэрыхъуу мэкIуэж…»
ТIАСУТIЭ щхьэщIэгупсыс хъури, къищтэр Iэпыхуу къэнат. Жэщ мащIэ игъэкIуа абы и нэбдзыпэ зэтримылъхьэу, и дуней гъащIэр зэригъэзахуэу, Алыхьымрэ бегъымбарымрэ и чэнджэщэгъуу… ИтIанэ «тIуанэ» жиIэри а псалъэр и щхьэм къыщихьэм, игу тIэкIур къащтэри къилъэт пэтащ… Адыдыд мыгъуэ, азэлыхьым имыухи!.. ТIасутIэ куэдрэ пэщIэтащ а псалъэ гъуамэм, и щхьэм къыфIихьэну къримыгъэхьэу. Уу, нэлат, ари ар! Псэжьым хуэдэщ!.. ХъубтIийхэ я джэду фIыцIэжьым ещхьу, напэншэрэ екуэкуншэу — бжэр бгъэбыдамэ, щхьэгъубжэмкIэ къыщIэпкIэу, щхьэгъубжэр хуэпщIыжмэ, жьэгу гъуанэм зыкъридзэрэ псывэми хэмыупIэу, мафIэми пэрымыхуэу… Iэгъуи-гъуэгуи хуумыгъуэту, башкIэ уеуэми темыхуэу… зы дакъикъэ убэлэрыгъамэ, блыным къыкIуэцIрыкIрэ хьэщIэ Iыхьэр ишхыу… Алыхьым идэнкъым, цIыху цIыкIум ядэнкъым!.. ТIасутIэ джатэ къихакIэ пэщIэта щхьэкIэ, а псалъэ гъуамэр нэмыукIытагъэкIэ и щхьэм къыфIихьащи, мэпэщащэри исщ. ТIуанэ… ТIуанэр фыз нэ плъыжьыжьщ, и дзэ гъуабжэжьхэр зэблэшыжауэ, бостей мыжьыщI щыгъыу… ТIуанэ жыхуаIэр фыз фIыцIэ нащхъуэщ, щхьэ мыжьрэ куофтакъыжь хъужауэ… Апхуэдэ фыз куофтакъыжькъэ НэтIасэ мыгъуэр жьэн зыщIу зыгъэлIар?..
А жэщыр жэщ тыншт. Гъашэ къыдэзыдза нартыху фIыцIэшхуэхэр лэгъунлей щхьэгъубжэм къыIухьэурэ къыщIэплъэрти зэIущащэжхэрт. ХъыджэбзитIыр гъуэлъыжри пырхъуэм тес цIыр-цIырым едаIуэурэ жеижат. Инал шхэри гъуэлъыжыну къыщыщIэкIыжым:
— А лIы! — жиIэри ТIасутIэ и макъ щабэмкIэ къэджащ. — Зэ умыпIащIэт…
— Сыт къэхъуар? Дыгъуэлъыжа нэужь жыпIэ хъунукъэ жыпIэнур?
— Хьэуэ, апхуэдэ пIэм хэлъу яIуатэркъым: мэуэ зэ къэтIыс! — жери тахътэбаным ирегъэтIысхьэ.
ТIасутIэ и псэлъэкIэ къудеймкIэ гурыIуэгъуэт абы Iуэху джэгу и гум зэримылъыр. Абы и нэкIур къурIэн къыщищтэкIэ зэрыхъум ещхьт иджыпсту — зэлъыIухарэ мамыру, таучэлышхуэ зэрищIар мащIэу Iэта и набдзэ цIыкIуитIым къагъэлъагъуэу. Инал егъэщIагъуэ, мыр Алыхь къэзыгъэщIам епсэлъэну мурад имыIэмэ, апхуэдиз таучэл щхьэ къигъэлъагъуэрэ жыхуиIэу. ТIасутIэ и нэкIу мамыр хуэдэм ар зыкIи къигъапцIэртэкъым, абы илъагъурт фызым и напIэ къедзыхахэр зэрыпIейтейр. Инал къогузавэ къэхъуар къыхуэмыщIэу.
ТIасутIэ егугъупэу, елIалIэу пщэфIапIэр зэлъыIуехыжри, езыр жьэгу дапхъэм тотIысхьэж. Ар занщIэ цIыкIуу зэфIэсщ, и щхьэр тIэкIу гъэкIауэ. И напIэр еIэтри, и лIым йоплъ, иредзыхыжри, и нэр и лъэгуажьэм тонэ, и лъэгуажьэм телъ бостеикIэр Iэ ижьымкIэ егугъупэу трелъащIэ, цы гуэрхэр къытрих хуэдэ ещI, итIанэ и лIым тIэкIу хущIогуфIыкIри:
— ЛIы! — жи, зегъэпсчэуIури. — ЗэгурымыIуитIыр гугъу йохьри гугъу ехьитIыр зэгуроIуэ, жиIакъэ пасэрейм? Тхьэ, уэ гугъу уезыгъэхьри сэ гугъу сезыгъэхьри а зырам… Сэ сыкъэзыгъэщIа си Тхьэ закъуэм и пащхьэм дауэ сихьэжыну уэ уи гуэныхь стелъу?
— Уа, мы си гущIэр къызумыгъэдзэкIыу жыпIэнур жыIэ!.. — ТIасутIэ Iэ къыдилъэну и псэм зыкъиший щхьэкIэ, Инал хабзэр зытрегъакIуэри къыхуэгубжь хуэдэ зещI.
— Иджыпсту, лIы, иджыпсту… — ТIасутIэ и псэ гузавэр зэтреуIэфIэри: — Тхьэ, иджыри зы фыз къыумышэу хъун сфIэмыщI… — Абы и гур къилъэт пэта щхьэкIэ, лIым зыгуэркIи зыкъригъэщIакъым.
Инал и гур Iэджэми жат, ауэ мы иджыпсту зэхихам хуэдэ зэхихыну ауи и пщIыхьэпIэ къыхэхуэртэкъым — тIуанэ къыстещIэ жызыIэн фыз мы дунейм тет? Инал къоуIэбжьри, и жьэр къыщIоху, итIанэ нэхъу-нэхъуу и щхьэгъусэм къоплъри:
— Сыт мы фыз делэм жиIэр! — хуолъ ар ТIасутIи, къыщIэкIыжыну къыщолъэтыж.
ТIасутIэ мажэри щIимыгъэкIыжу къыпоув:
— Хьэуэ, — жи, сабииIэ нэхъей и Iэ цIыкIуитIыр пэщIегъэувэри, — хьэуэ, зэ умыпIащIэ, лIы, делагъэкъым ар! — Абы щтэIэщтаблагъэр зэуэ пкърокIыжри, игурэ и щхьэрэ зэтелъу къопсалъэ: — Зэ моуэ тебэяуэ, лIы, тIуанэ зытращIэнур уэракъым, — сэращ. Сэ «но!» щыжысIэкIэ, уэ «уэв!» щIыжыпIэн хьэкъ слъагъуркъым. Сэ зы мазэкъым абы сызэрегупсысар, — ТIасутIэ къытегушхуэу езыр къикIуэтурэ Инал тахътэбаным къотIысхьэж. — Сэ мазэ куэдкIэ згъэткIуащ ар, сэ Iэджэ щIауэ сыхэлъщ а шыгъушыпсым! Уэ егупсыс, лIы: уэ къуэ узэримыIэм гугъу урегъэхь, лIэун, сэ си хъыджэбзитIыр дэлъхуншэу къызэрынэнум срогузавэ. Уэрэ дэрэ дызэгурымыIуэу хъункъым!..
— Уэ фызурэ фыз делэжь цIыкIу, а къыубжым къикIыр къыбгурыIуэжрэ уэ? — ЗэригъэщIэгъуэнур ищIэркъым Инал. — Уэ мы унэм жыхьэнмэ къибдзэну мурад щIэпщIар сыт? Уэ уи псэм хьэзаб теплъхьэжыну яужь ущIихьари слIо? Ы?.. Уэ щхьэ умыщIэрэ тIуанэ жыхуаIэр зищIысыр!..
— ТIуанэ жыхуаIэр сэ сымыщIэмэ, уэ сыткIэ пщIэн? Уэ абы щхьэкIэ умыгумэщI, лIы: уэ укъытхэмыIэби дэ дызэгурыIуэжынщ. Ари цIыхум къилъхуа къыщIэкIынщ, псалъэ гурыIуэнкIэ хъунщ е, сэ сщIэрэ, дахэ хэзэгъэнкIэ мэхъу… Мы ди щхьэщыгум къит азалыхьым гъущIыр къызэригъэшыр дахэщ, мылыр къызэригъэвыр дахэщ, мы щIы фIыцIэм щIэлъ жылэри къыхишу зэрыдришейри дахэщ…
(КъыкIэлъыкIуэнущ).
Шортэн Аскэрбий йочэнджэщ. 1965 гъэ.
Мыку къуажэм щекIуэкI Абхъаз-адыгэ дунейпсо фестивалым хэтщ. Нало Заур къыбгъэдэтхэщ (сэмэгумкIэ къыщыщIэдзауэ) ШинкIубэ Бэгърэт, Лабахуа Зураб, Къалмыкъ Юрэ, Думэн Камал (Истамбыл), Хьэнфэн Алим (Черкесск) сымэ. Абхъаз, 1992 гъэ
Псысэжьейхэр
Аргъуеймрэ жыгымрэ
АРГЪУЕЙ гуэр жьым ирихьэжьауэ ихьырт. ИпэкIэ плъэри, езым хуэзанщIэу зы жыг щыту къилъэгъуащ.
— Ей-ей, текI си гъуэгум, узоуд! — жиIэри Аргъуейр жыгым егуоуащ.
АрщхьэкIэ Жыгым зигъэхъеякъым. Жыгыр дыкъуакъуэти, Аргъуейр дыкъуакъуэмкIэ дихри ежьэжащ. Аргъуейр къеплъэкIри, Жыгыр дыкъуакъуэу щилъагъум, къызэкIиекIащ, жи:
— «ТекI», бжесIатэкъэ, насыпыншэ! — жиIэри. — Мис иджы уэ уи зэранкIэ узэгуэзудащ.
«Пхъужь къапшэмэ, зэрыхуей ухъунщ,
хъыджэбз къапшэмэ, узэрыхуей хъунщ…»
КЪЭЗАНОКЪУЭ Жэбагъы япэкIэ нэхъ лIы Iущу хэкум исар БжьыхьэлIокъуэ Лиуанщ.
Еуэри, жеIэ, зы щIалэжь къэшэныгу хъуауэ и гум чэнджэщ къохьэ, сыт къасшэмэ нэхъыфIу пIэрэ, жеIэри: пхъужьыр нэхъыфI хьэмэ хъыджэбзыр нэхъыфI?
Лиуан и хъыбар зэхихырт а щIалэжьми, тридзэри кIуащ абы деж. Чым тесу зы лIыжь жьакIэху щIалэ цIыкIу джэгум яхэту хуозэ.
— Ярэби, БжьыхьэлIокъуэ Лиуан и унэр зыцIыху фхэту пIэрэ? — жи.
— БжьыхьэлIокъуэ Лиуан и унэм ухуеймэ, мес мо унэ кIыхьыращ, — жи лIыжь жьакIэхум и чышыр къыжьэдекъуэри, — езы Лиуан ухуеймэ, сымис!
— Iэу? — жиIэри щIалэжьыр къэуIэбжьащ. — Уэ у-Лиуаныр пэжмэ, мы сабий джэгум щхьэ уахэт?
— Выр жьы хъумэ шкIэм хаутIыпщхьэж, тIу, — Лиуаныр и пащIэкIэм щIогуфIыкI. — Ар умыгъэщIагъуэу узыхуейр жыIэ.
— Сыночэнджэщыну арат: си къэшэгъуэ блокIри къыхэсхынур сщIэркъым: пхъужь къэсшэн хьэмэрэ хъыджэбз къэсшэн?
— Пхъужь къапшэмэ, зэрыхуей ухъунщ, хъыджэбз къапшэмэ, узэрыхуей хъунщ. Уэ хэдэ! — жиIэри, Лиуан и чышыр иригъэлъщ аби, щIалэ цIыкIу джэгум яхэлъэдэжащ, жи.
«Мы си нысэр стефшыж…»
ТХЬЭМАДЭМРЭ нысэмрэ зэтехьэртэкъыми тIури гугъу ехьырт. Къубгъан къудей щIах хъуртэкъым, зэхуэзэнкIэ шынэрти. Тхьэмадэм ар иужэгъури, махъсымэ кIадэ иригъэщIщ, танэ пшэр иIэти, ар иукIщ, и къуэшхэмрэ и гъунэгъухэмрэ къриджэри, яжриIащ:
— Си нысэмрэ сэрэ дызэтехьэркъыми, «псы сегъафэ» жысIэу седжэ хъуркъым, унэ кIуэцIми унэ щIыбми дыщызекIуэ хъуркъым: Тхьэм и хьэтыркIэ, нысэр къыстефши сывгъэтыншыж, — жиIэри.
Къуэшхэмрэ гъунэгъухэмрэ гуфIащ, танэ пшэрыр яшхщ, махъсымэ кIадэри ирафщ аби, нысэр тхьэмадэм къытрашэри, нэжэгужэрэ хъуэхъур къаIурылъэлъу зэбгрыкIыжащ.
Мазэ дэкIа-дэмыкIауэ тхьэмадэм аргуэру къуэшхэмрэ гъунэгъухэмрэ къреджэ.
— Сыт къэхъуар?
— Зы жэмыжь сиIэщи фхуэзукIынщ, Алыхьым и хьэтыркIэ, си нысэр стефшыж!
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29907.txt"
} |
Адыгэ узэщIакIуэ телъыджэ, IуэрыIуэтэдж, щIэныгъэлI цIэрыIуэ, КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ Нало Заур
Къыу закъуэ
Нало Заур деж
Зы къыу закъуэм мо къуршыщхьэм
И щхьэр щегъеиж.
Сыт? Гурыжэ зыгъэпыхьэр
Хьэмэ вагъуэиж?
Хузэблэжу джэгуху пшэхэр
Махуэр есеиж.
ХужемыIэу и къыу щэхур,
Щихури мэжеиж.
Хэжеежми, хэжеикIкъым
Къуршри жэщ жэбзам…
Шабзэм хабзэ зэхигъэкIкъым
Къыу дамэм нэсам!
Сыт тIысыпIэ иIэгъами
Гъэм зыдахьыжащ,
Жэщым пщIыхьу щитIэгъари
Щыгъын хьэху хъужащ.
Зэм, щешыпэм, пшынэ Iэпэм
ЩIадзыж и къабзийм.
Ебзеижу зеший бжьэпэм,
Iэбэу дыгъэ бзийм.
Щыхь и дахэу хуэбгырыхэ
Бгыхэм псэр домэх…
Хы толъкъун къафIэщIа бгыхэм
Бгъэхэр щотIысэх.
Зы къыу закъуэ мо къуршыщхьэм
И щхьэр щегъеиж.
Жейм щезэгъым, — дыгъэр къухьэу
ПщIыхьу елъагъуж…
ХьэIупэ ДжэбрэIил.
Нало Заурбий (Заур) Мухьэмэт и къуэр
Нало Заур бадзэуэгъуэм и 15-м Хьэтуей къуажэм къыщалъхуащ. Илъэс 14 ныбжьым иту колхозым лэжьэн щыщIидзащ. 1952 гъэм, Къэбэрдей къэрал егъэджакIуэ институтыр къиуха нэужь, зэфIэкI зиIэ щIалэщIэр ирагъэблэгъащ адыгэбзэмрэ литературэмкIэ кафедрэм. 1954 гъэм къыщыщIидзэри, псэуху Нало Заурбий щылэжьащ Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ институтым, 1979 — 1987 гъэхэм Заурбий IуэрыIуатэмрэ литературэмкIэ и къудамэм и унафэщIу щытащ.
Налом ди къэралым, нэгъуэщI щIыпIэхэм щекIуэкIа конференцхэм, зэIущIэхэм щищIа докладхэр, и щIэныгъэ, литературэ-критикэ, публицистикэ тхыгъэхэр 200-м щIегъу. Абыхэм яхэтщ адыгэ филологиемрэ щэнхабзэм и тхыдэмрэ ехьэлIа монографиеу, тхыгъэхэр щызэхуэхьэса тхылъхэу блы. Апхуэдэу Налом и унафэм щIэту дунейм къытехьащ «Къэбэрдей литературэм и тхыдэм теухуа очеркхэр», «Адыгэхэм я цIыхубэ уэрэдхэмрэ абыхэм зэрыдежьу Iэмэпсымэхэмрэ», «Къэзанокъуэ Жэбагъы теухуа хъыбархэр». Абыхэм къадэкIуэу щIэныгъэлIым игъэхьэзыращ икIи къыдигъэкIащ «Бахъсэн щэнхабзэ узэщIакIуэхэм я щэнгъасэ» тхылъыр (1991), КIуащ БетIалрэ Елбэд Хьэсэнрэ я лэжьыгъэхэр (1991), Нало Жансэхъу (2004), Къылышбий Исмэхьил сымэ (2009) я IэдакъэщIэкIхэр.
Нало Заурбий зэхуихьэсащ, зэригъэзэхуащ икIи зэхилъхьащ «Къэбэрдей поэзием и антологиер» (1957), «Адыгэ литературэ пасэм и антологиер» (2010). Ар яхэтащ IуэрыIуатэр зэхуахьэсыжу адыгэ щIыналъэхэм щылэжьа щIэныгъэлI гупхэм. ИкIи цIыхубэм къадэгъуэгурыкIуэ IуэрыIуатэ хъыбар куэд итхыжащ. Ахэр Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ институтым и щIэныгъэ архивым и гъэтIылъыгъэ лъапIэ хъуащ. Налом къэбэрдей сабий литературэм и антологиер къыдэгъэкIыным, адыгэ таурыхъхэр литературэ пщалъэм къигъэзэгъэным, дунейм щыпсэу лъэпкъхэм я таурыхъ нэхъыфIхэр зэдзэкIыным ехьэлIауэ зэфIигъэкIам и мыхьэнэр зыхуэдизыр къыпхуэлъытэнукъым.
Нало Заурбий и лэжьыгъэхэм уагъэлъагъу ар IэщIагъэм куууэ хэзыщIыкI, куэдым щыгъуазэ щIэныгъэлIым зэриIэдакъэщIэкIыр. Абы IуэрыIуатэм, цIыхубэ гъуазджэм, мифологием, тхыдэм, литературэм триухуа тхылъхэр иджырей кавказ щIэныгъэм и лъагапIэхэм ящыщщ. Абыхэм Налор щIэныгъэлI цIэрыIуэ дыдэхэм хабжэ ящIащ.
Лъэпкъ щэнхабзэм дежкIэ и мыхьэнэр нэхъ цIыкIукъым Налом и литературэ лэжьыгъэми. Абы и новеллэхэмрэ и усэхэмрэ адыгэ литературэм и классикэм щыщ хъуащ. Ахэр адыгэхэм я тхыбзэ гъуазджэм и щапхъэу къалъытэу школхэм, еджапIэ нэхъыщхьэхэм щадж. ТхакIуэм къигъэщIа образхэм философие купщIэ ин яIэщ, и бзэр адыгэбзэм и фIыпIэщ.
ЩIэныгъэ ин зыбгъэдэлъа лIы щэджащэм IуэрыIуатэм, литературэм телэжьэн щIэбли игъэсащ. Ар лъэпкъ IуэрыIуатэр зэрыджын хуей щIыкIэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа цIыхущ.
Нало Заурбий гулъытэшхуэ хуищIырт егъэджэныгъэмрэ гъэсэныгъэмрэ епха Iуэхухэм, курыт еджапIэхэмрэ еджапIэ ищхьэхэмрэ зэрыщрагъэджэн хуей щIыкIэм теухуа тхыгъэ куэди и Iэдакъэм къыщIэкIащ. Абы апхуэдэу зэхилъхьащ зи школ кIуэгъуэ мыхъуа, пэщIэдзэ, курыт классхэм щIэс сабийхэм яджын IуэрыIуатэ, литературэ тхыгъэхэр щызыхуэхьэса тхылъхэр.
Нало Заурбий зи хэкумрэ зи лъэпкъымрэ, нэгъуэщI лъэпкъхэри фIыуэ зылъагъу цIыхут. Абы зыхищIэрт лъэпкъыбзэхэмрэ щэнхабзэхэмрэ я Iуэху зыхуэкIуэнумкIэ, щалъхуа республикэм зиужьынымкIэ жэуаплыныгъэ и пщэ зэрыдэлъыр. Къэралым и Iуэху зэблэкIыгъуэ зэману щыта 1990 гъэм и пэщIэдзэм, КъБР-м и Совет Нэхъыщхьэм и цIыхубэ депутату щыщытам, ар къэуващ адыгэхэм я бзэмрэ щэнхабзэ щIэинымрэ хъумэным нахуэу къыщхьэщыжахэм ящыщу, «Адыгэ Хасэ» жылагъуэ зэщIэхъееныгъэм и къызэгъэпэщакIуэ икIи и япэ унафэщI хъуащ, Дунейпсо Адыгэ Хасэр къызэзыгъэпэщахэм яхэтащ. Интеллигент нэсу, ерыщагъ хэлъу пэжымрэ захуагъэмрэ щIэбэну, и лъэпкъым и сэбэп зыхэлъхэм лIыгъэ къигъэлъагъуэу хуэлажьэу сыт щыгъуи псэуащ.
И гъащIэм и иужьрей махуэр къэсыху Нало Заурбий мыувыIэу лэжьащ. Абы мурадхэр, гупсысэщIэхэр и куэдт. Ар творческэ жыджэрагъ мыкIуэщI, хьэл-щэн дахэрэ нэмысрэ зыхэлъ цIыхут, егъэджакIуэм фIы и лъэныкъуэкIэ ехьэлIа псом и щапхъэу.
Тхьэгурымагъуэ
Сэ Нало Заур Iуащхьэмахуэ хузогъадэ. ЛIэщIыгъуэкIэрэ ди лъэпкъым къыдекIуэкI а бгы абрагъуэм и щэху псор сэтей къэзыщIыфа щыIэ? Заур и акъылым, и зэфIэкIым я куупIэр къэзыхутэфар хэт?
Ар сэркIэ адэшхуэ пэлъытэщ. Сыщыхуэзэ зэзэмызэм адыгэ хъыбарыжьу, псысэу, къуажэхьу, усэу сызыщIигъэдэIум гъунэ имыIэу пфIэщIынт. И хъуэхъуэкIэр-щэ! Абы и лъэIу псалъэхэр Тхьэшхуэм деж нэмысынкIэ Iэмал иIэкъым — ар адыгэбзэ узэщIат, дунейм къабзагъэу узыщрихьэлIэ псор нэрылъагъу къыпщищIу.
Москва щыпсэу си ныбжьэгъу адыгэ усакIуэр Заур куэдрэ къыщIэупщIэрт: «И узыншагъэр сыт хуэдэ, сыт и псэукIэ? Сыхуэзэшащ». Сэри а дадэ Iущым куэдрэ хуеин сыхъурт — гукIэ, псэкIэ къэслъыхъуэу сыхуежьэрт.
СыщыхуеблагъэкIэ, сызытекIухьа Iуэхум къыщIэупщIэ хабзэтэкъым, абы деж сызышэ гурыщIэр псалъэкIэ къызигъэIуэтэну зэи хэтакъым. Заур щылажьэ пэш цIыкIум сытым дежи нэплъэжыгъуэ щызгъуэтырт. ГъукIэ усакIуэ хьэлэмэтым, щIэныгъэлI щэджащэм и псэм хэлъ хуабагъэр къыслъэIэсырт. Абы дунейм къыщхьэщыхьэ фIыцIагъэм сыпхригъэплъыфырт, гъащIэм и пэжыр, и купщIэр Заур деж щыслъагъуу къысфIэщIырт. А хуабагъэм си псэр мамыр ищIырт, зауэ-бани, фыгъуэ-ижи щымыIэну къысщигъэхъурт.
Заур ди лъэпкъым удыну къытехуар псэкIэ зыгъэва цIыхущ, къетхъухат, и нэгум щызэхэкI лэдэххэр гупсысэ кIуапIэ хъуат. ИтIани къыкъуэкIырт къару — адыгэм я пщэдейм хъугъуэфIыгъуэ куэд зэрыхэлъыр и фIэщ ищIу.
Налор къызэхъурджауэртэкъым, къызэшхыдэртэкъым, си усэхэм дагъуэ къахуищIуи зэхэсхакъым. Абы сигъэгушхуэрт, сигъэгуфIэрт. Ауэ усыгъэм и узым укърихуэкIрэ а узыр «зэрыбгъэундэрэщхъуэн» къалэм Тхьэшхуэм къыпIэщIилъхьэжар пэжмэ, си фIэщ хъуркъым Заур дадэ ущымыукIытэу, уфIэмылIыкIыу усыгъэ Гуащэм уепцIыжыну.
Заур адыгэ IуэрыIуатэр и гущIагъщIэлът. КъезыхьэкI къарур арат жыпIэми, пцIыупс урихъункъым. Ди жагъуэ зэрыхъущи, адыгэ жылэхэм кIуэ пэтми нэхъ мащIэ щохъу къуэ- рылъху-пхъурылъхур зи куэщIым изыгъэтIысхьэу абы ди хъыбарыжьхэр, псысэхэр хуэзыIуатэ дадэхэр, нанэхэр. Иджы къалъхухэм я гущэкъу уэрэдыр псэр пшахъуашхэм хуэдэу зытхъунщI къухьэпIэ уэрэдхэрщ.
Пщэдей къэхъунур IупщIу зылъагъу лIы Iущт Нало Заур. Дунейм и къежьапIэр дэнэ деж, дэнэ деж щиухыр? ЦIыху акъылым щIэ щIэт, хьэршым гъунэ иIэ? А псор абы зэхилъагъукIыф си гугъэт. Ар тхьэгурымагъуэт!
ПЩЫУКI Латмир,
дохутыр, усакIуэ.
КъардэнгъущI Зырамыкурэ Нало Зауррэ. 1989 гъэ
«Сэ сщIа щыуагъэр умыщIэ», — жиIащ абы
Зауррэ сэрэ Нало Ахьмэдхъан и фIыгъэкIэ дызэрыцIыхуауэ щытащ 1972 гъэм. Сэ университетыр къэзухырт, Ахьмэдхъан пщIэшхуэ зыхуэсщI си егъэджакIуэт. Абы чэнджэщ къызитащ щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым сыкIуэу Нало Заур зыхуэзгъэзэну, абы зэрепсэлъагъэххэри къызжиIащ. Сэ къэхутакIуэ сыхъуну гукъыдэжышхуэ сиIэу щыттэкъым, ауэ, си егъэджакIуэм и жагъуэ сымыщIын щхьэкIэ, Заур и деж сыкIуащ.
Ацкъан Русланрэ ХьэIупэ ДжэбрэIилрэ Нало Заур и хьэщIэщ. 2012 гъэ
Сигу ихужыркъым абы и деж япэ дыдэу сызэрыщIыхьар. ЗанщIэу гу зылъыстар зыщ: зыбгъэдэс стIолыр мо лIы бжьыфIэшхуэм цIыкIу щIэхъукIырт, абы тхылъу телъыр хэплъхьэжмэ, зытетхыхь тхылъымпIэ кIапэр дауэ тригъэзагъэрэ жыпIэнт. КъыпыгуфIыкIри сигъэтIысащ, итIанэ, игъащIэ лъандэрэ сыкъицIыху хуэдэ, псалъэмакъыр иришэжьащ. Ар тепсэлъыхьащ адыгэ литературэм къикIуа гъуэгум, а гъуэгур адэкIэ пхышын щхьэкIэ щIэн хуейхэм.
Заур и гупсысэкIэр дэ дызрагъэсахэм ещхьтэкъым, Iуэхум и щхьэ течауэ тепсэлъыхьырт. Зыхуейр къиIуэта нэужь, ар си нэм куууэ къыщIэплъащ, жысIар къыбгурыIуауэ пIэрэ жыхуиIэу. СщIэркъым абы си нэм щIилъэгъуар, ауэ сэ Заур и псалъэхэр къызгурыIуа къудейтэкъым, атIэ гукIи зыхэсщIат. Сыкъэтэджыжыну сыкъыщеIэм, догуэт зэ, жиIэри, сыкъигъэувыIэжащ, къызэрыдэкIрэ куэд мыщIа си япэ тхылъ цIыкIур и къыдэгъэжым къыдихри, абы ихуа усэхэм къысхутепсэлъыхьу щIидзащ, къызэхъулIари къызэмыхъулIари къызжиIащ. И кIэм деж дыщIигъужари згъэщIэгъуащ: «Уи зэфIэкIыр хыумыгуашэу, литературэм хэуви лажьэ, тхэ! Сэ сщIа щыуагъэр умыщIэ, сэ тIуми щымыщу сыкъэнащ».
ИужькIэ куэдрэ сегупсысащ Заур и псалъэхэм. Абыхэм фэрыщIагъ яхэлъу схужыIэнутэкъым, щIэныгъэ-къэхутэныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуищIари сщIэрт, и художественнэ тхыгъэ гъуэзэджэхэми фIыуэ сыщыгъуазэт… Нобэр къыздэсым согупсыс Заур абы щыгъуэ жиIам, жэуапри сиIэкъым.
Абы лъандэрэ илъэс куэд дэкIащ. Сэри си ныбжьэгъухэми Нало Заур и жьауэм дыщIэту гъащIэ гъуэгу къэткIуащ. Ар сыт щыгъуи къыткIэлъыплъырт, ди ехъулIэныгъэхэм щыгуфIыкIырт, игу иримыхь гуэр ди Iэдакъэ къыщIэкIамэ, ари и щхьэ течауэ къыджиIэрт. Си щхьэкIэ сэ сщIэм Заур зэреплъынкIэ хъунур си гъуазэхэм я нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщ зыуэ сыт щыгъуи щытащ. Ар зэрытфIэкIуэдар сэри си ныбжьэгъухэми егъэлеяуэ къыттехьэлъащ. Абы быдэу псэкIэ дыпыщIат.
Заур дунейм ехыжыным куэд имыIэжу ХьэIупэ ДжэбрэIил дэрэ абы и деж дыкIуат сурэттех зыIыгъ ди ныбжьэгъу щIали ди гъусэу. Заур хуабжьу къытщыгуфIыкIащ, мо пIэрыхэлъым лIыгъэм зригъэхьщ, къэ- тэджри дяку дэсу сурэт зытредгъэхащ. Ди ныбжьэгъум сурэт зырыз тхуищIыжщ, рамэм тхуригъэувэжри, къыдитыжащ. Куэд мыщIэу, зыгуэру къехуэха хъури, си сурэтыр зэрылъ рамэм хэлъа абджыр къутащ. Ар си жагъуэ хъуауэ ДжэбрэIил и деж сыщIыхьащ етIуанэ махуэм. Егъэлеяуэ згъэ-щIэгъуащ ДжэбрэIил и сурэтым ардыдэр къызэрыщыщIар. Дэ дызэплъыжащ. ТIури дызэгупсысар зыт… Заур абы и ужькIэ зэрыпсэужар махуэ бжыгъэщ.
Сигу къинащ Заур иужь дыдэу зэрытлъагъужари. Абы «Дыджым и IэфIыгъэ» зыфIища и тхылъыр ди тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIырти, къэхъунур си псэм ищIа хуэдэ, псори згъэпIащIэрт. Хьэзыр хъуа тхылъыр къыщысIэрыхьа пщыхьэщхьэм ДжэбрэIилрэ сэрэ ар тхьыри Заур и деж дыкIуащ, дгъэгуфIэну дыпIащIэу. Ар пIэм хэлът фагъуэрэ фагъуэу, псэлъэну къару имыIэжу. ТхылъыщIэр и бгъэм щIикъузэри зыкъомрэ иIыгъащ, итIанэ Iэ дилъащ. ФIыщIэ къытхуищIу и нэ утхъуахэмкIэ къыдэплъащ. ДыкъыщIэкIыжыну дытэджыжри, нэхъ гъунэгъу щызыхуэтщIым, щэхуу къыдришеящ: «Сыт мыгъуэ си Iэмал…». Аращ иужь дыдэу Заур и псалъэу зэхэтхыжар.
АЦКЪАН Руслан,
КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат,
Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ,
Эльбрус» тхылъ тедзапIэм и унафэщI.
Уасэ зимыIэ
Тэмэму схуэгъэбелджылынукъым Нало Заур и щIэныгъэ псынэр къыщыщIэжа илъэсыр. Хьэкъыр аращи, а псынэ къабзэм, шкIурыжым, псэмкIэ хущхъуэм лIэщIыгъуэ ныкъуэм щIигъуауэ софэ зыщызмыгъэнщIу. Гъэ къэси зи къэухьым зиубгъу, нэхъ куу хъу а псынэм щхьэщыхьэу ефэм ди лъэпкъымкIэ, псом хуэмыдэу, щIалэгъуалэмкIэ, ину щхьэпэ пкъыгъуэ куэд зэрыхэлъым гу лъумытэу къанэркъым.
Брат Хьэсин Ди шынэхъыжьыфI Нало Заур адыгэ щэнхабзэм хуищIа хэлъхьэныгъэм дэтхэнэ зызыгъэадыгэри ину иригушхуапхъэщ. Академик Лихачёв Дмитрий жиIауэ щытащ: «Щэнхабзэ зимыIэ лъэпкъым и гъащIэр мыхьэнэншэщ». УиIэмкIэ уарэзыуэ упсэуныр мащIэщ. АтIэ Iэмал имыIэу абы лъэпкъым хигъахъуэ зэпыту, ар зэригъэзахуэу, нэгъуэщI лъэпкъхэм ар щIэщыгъуэ къащыхъуу ябгъэдилъхьэфу Iуэхур игъэпсмэщ а лъэпкъыр гъащIэм щыдэбэкъуэфынур. Ар зи фIыщIэхэм Нало Заури зэрахэтым шэч гуэри къытетхьэн хуейкъым.
Апхуэдэу жыдэзыгъэIэр илъэс тхущIым щIигъуауэ а лIыр еш имыщIэу ди IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыным, зэгъэзэхуэным, къыдэгъэкIыным, джыным зэрыхуэлажьэрщ. Абы хузэфIэкIам уриплъэжмэ, уимыгъэпIейтеин плъэкIыркъым, апхуэдизкIэ ар инщ, уасэ зимыIэщи. Ар зэрыщыпкъэм и зы щыхьэт наIуэщ Москва «Советский композитор» тхылъ тедзапIэм 1980 гъэм къыщыщIэдзауэ бзитIкIэ къыщыдэкIа «Адыгэ уэрэдхэмрэ пшыналъэхэмрэ» тхылъыр. Ар зи нэIэм щIэта музыковед цIэрыIуэ Гиппиус Евгений и фIыщIэкIэ ди лъэпкъым и IуэрыIуатэ щIэиныр дунейпсо утыкум ихьа хъуащ. АтIэ абы зи гуащIэ ин хэзылъхьахэм яхэтщ Нало Заури. Ди IуэрыIуатэм и нэхъ купщIафIэхэр зэзыдзэкIахэм ядэIэпыкъу къудейм къыщымынэу, ар къэзыпщытэ, зэзыгъэзахуэ, тхылъаджэм гурыIуэгъуэ хуэзыщI тхыгъэ урысыбзэ лъэрыхькIэ (жыIэкIэ — термин лъэщхэри къигъуэтурэ) и къалэмыпэм къыщIэкIащ — «Адыгэхэм я уэрэд гъуазджэм и къежьапIэр» (I т.), «Адыгэхэм я лIыхъужьыгъэр зыгъэлъапIэ уэрэдхэмрэ гъыбзэхэмрэ», (III т., 1Iы- хьэ).
Ди IуэрыIуатэм Налом хуиIэ лъагъуныгъэр апхуэдизкIэ инщи, гурыщхъуэ щыуигъэщI щыIэщ, ярэби, тIэкIу щIимыхьащэу пIэрэ, тIэкIу имыгъэпIииIуэу пIэрэ къызыхэкIа лъэпкъым и IэрыкIыр, нэгъуэщI лъэпкъыжьхэм я щIэиным щымыгъуазэу пIэрэ, жыпIэу. Ди на-сыпти, Iуэхур зыIутыр аракъым. Заур фIыуэ щыгъуазэщ дунейпсо IуэрыIуатэм и фIыпIэхэми. Щыгъуазэ къудейм къыщымынэу икIи мэхъуапсэ ди щIэблэр абыхэм нэIуасэ яхуэщIыным. Апхуэдэу дунейм къытохьэ еропей псысэрытх, тхакIуэ цIэрыIуэхэм къагъэщIам щыщ нэхъыфIхэр адыгэбзэкIэ щиIуэта «ПсысэфI дыдэхэр» тхылъ гъэщIэгъуэныщэр.
Лъэныкъуэ куэд къызэщIеубыдэ Налом и гуащIэ иным: «Бахъсэней узэщIакIуэхэм я щэнгъасэр» (адыгэхэр щIэныгъэм хэшэным хэлIыфIыхьа узэщIакIуэ гупыр), джэгуакIуэхэр (Агънокъуэ Лашэ деж къыщыщIэдзауэ), литературэ-критикэ лэжьыгъэхэр, езым къигъэщI усэхэр, новеллэхэр, рассказхэр, повестхэр, таурыхъхэр. Налом и дэтхэнэ IэдакъэщIэкIми гъэтIыгъуа теплъэ иIэщ, купщIафIэщ, зытепсэлъыхь Iуэхугъуэм фIыуэ зэрыхищIыкIым, и къэIуэтэкIэр узэщIауэ, къызэриIуатэ и бзэр бзэрабзэрэ шэрыуэу зэригъэлажьэм къапэкIуэу. И литературэ лэжьыгъэхэм щыщу, псом хуэмыдэу сэ (дауи, си мызакъуэу) сыдахьэх и новеллэхэм. Ахэр щызэхуэхьэса «Къру закъуэм» (1981 гъ.) илъэситIкIэ узэIэбэкIыжмэ, тхылъ дапхъэм деж хуэфащэ дыдэу щыбгъурыуващ «Мазэм фIэкIа зыми имылъэгъуар» — щIэуэ итха новеллэхэм къищынэмыщIауэ, езым зэхилъхьа псысэ хьэлэмэтыщэхэри зэрытыр.
Щэнхабзэм зиужьынымкIэ тегъэщIапIэ нэхъыщхьэу щытыр лъэпкъым и бзэ бейрщ. Аращ дэтхэнэ лIэщIыгъуэми лъэпкъ къэс къыхузэзыгъэпэщыр еджэным, щэнхабзэм, гъуазджэм, литературэбзэм, театрым, хабзэм, нэгъуэщI лъэныкъуэхэми заужьыныр. Зи щхьэмрэ къызыхэкIа лъэпкъымрэ пщIэ хуэзыщIыр и бзэм зегъэужьыным щхьэпэн щIыхуейри аращ. Нало Заур абы лъэщу хуолажьэ. Мис аращ лIы щэджащэм къигъэщIауэ, лъэпкъым дежкIэ зи мыхьэнэр зэи мыкIуэщIынухэр адыгэхэм лIэщIыгъуэ къакIуэхэми щIызэдащтэнур.
БРАТ Хьэсин,
Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэрэшей-Шэрджэс институтым и щIэныгъэрылажьэ нэхъыжь,
филологие щIэныгъэхэм я кандидат.
Черкесск къалэ.
1998 гъэ
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29913.txt"
} |
Зыгъэпсэхугъуэ махуэм
Фэ фщIэрэ?
Бжьэдыгъухэр
Адыгэ лъэпкъхэм ящыщ зым зэреджэщ.
Ижь-ижьыж лъандэрэ бжьэдыгъухэр тенджыз ФIыцIэм и Iуфэм — ТIуапсырэ Щачэрэ (Сочэрэ) я зэхуакум щыпсэуащ. Ахэр къэгъуэгурыкIуащ тIууэ гуэшауэ — хъымыщейхэмрэ чэчэнейхэмрэ. XVII лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм бжьэдыгъухэм тенджыз Iуфэр ябгынэри, Кавказ къуршхэм я ищхъэрэ лъэныкъуэр хэщIапIэ ящIащ. XVII лIэщIыгъуэм и кIэхэм абыхэм яIыгъащ IэфIыпс псыхъуэм къыщегъэжьауэ Пшышэ нэс.
XVIII — XIX лIэщIыгъуэхэм я щхьэхуитыныгъэм папщIэ бжьэдыгъу мэкъумэшыщIэхэм бэнэныгъэ гуащIэ ирагъэкIуэкIащ. 1796 гъэм щыIа Бзиикъуэ зауэм къыщыщIэдзауэ 1856 гъэ пщIондэ ар екIуэкIащ, зэм гъэпщылIакIуэхэр, зэми лэжьакIуэбэр текIуэу. Уэркъ-мэкъумэшыщIэ зауэр 1856 гъэм иухащ, пщы-уэркъхэр хэкум ирахуауэ, республикэ псэукIэ лъахэм щагъэпсауэ. Абы и унафэр цIыху 18 зыхэт тхьэрыIуэ хасэм и IэмыщIэ илът. Бжьэ- дыгъухэм я республикэр зэрыщыIар илъэсищ къудейщ — 1859 гъэм лъахэр урыс пащтыхьыдзэм иубыдри, адыгэхэм я демократ псэукIэр икъутэжащ.
Иджыпсту бжьэдыгъухэр зэуIуу щопсэу Адыгэ Республикэм, Краснодар крайм, Тыркум. Бжьэдыгъухэр адыгеибзэм (кIахэ адыгэбзэм) иропсалъэ, адыгэу ятх.
Бжьэдыгъухэр муслъымэн-суннитхэщ.
Думэн Хьэсэн.
ГушыIэ
Фи уэншэкум и ипщхьэпIэр сыгъэлъагъу
Выкхъэ Шухьиб хьэщIапIэ щыIэу бысымымрэ езымрэ уэршэрурэ жэщыбг хъуху щысауэ:
— Гъуэлъи зыгъэпсэху, си хьэщIэ! — жиIэри бысым лIыжьыр щIэкIыжащ.
Шухьиб гъуэлъыжыну щыхуежьэм, хьэщIэщ гъуэлъыпIэм уэншэку фIэкIа шхыIэни щхьэнти имылъу къыщIэкIащ. ШхыIэн къыхуахьыным щыгугъыу зыкъомрэ щысыжащ. Щымыхъум, щIэкIри бысымым еджащ:
— Уа, тхьэмадэ, кхъыIэ, накIуи фи уэншэкум и ипщхьэпIэр сыгъэлъагъу! — жиIэри.
Си Iыхьэр ирегъ
Хъуэжэрэ и щхьэгъусэмрэ жейуэ жэщым здыхэлъым, я сабийр къыхэгъыкIащ.
Хъуэжэ и фызыр хуэмыху гуэрти, къэтэджын щхьэхри, и щхьэгъусэм IэфракIэкIэ едыркъащ:
— Тэджи щIэупскIэ, уэри уи Iыхьэ хэлъщ сабийм, — жиIэри.
Хъуэжэ, мэз щыIауэ, ешаелIауэ арати, къэтэджын и жагъуэт.
— Сэ си Iыхьэр ирегъ, уэ уи Iыхьэр ухуеймэ щIэупскIэ, — жиIэри Хъуэжэ зигъазэри жеижащ.
КъардэнгъущI Зырамыку.
Къуажэхьхэр
ЗемыкIуэфыр къезыхьэкI
ЩIым едзэгъу
Гъурыджэ,
Гъурыджэ
Гъуджафэ.
Мэкъур дзэкIэ
Зезыхьэ,
Ауэ езыр
Iыхьэншэ.
Унэ лъэгум
ЩызекIуэ,
ЗемыкIуэфыр
КъезыхьэкI.
Унагъуэм ирах,
НэгъуэщI щIыпIэ
Щашхыж.
Жэуапхэр: Вабдзэ. Гуахъуэ. Гущэ. Гъуэмылэ.
Адыгэ хъыбарыжь
Пэжыгъуэ
Къуажэ гуэрым зэныбжьэгъуитI дэст. «Я псэр зы чысэм илъщ» жаIэрт абыхэм щхьэкIэ. Зэгъусэу гъуэгуанэм зэдытехьэрт, зэгъусэуи къагъэзэжырт. Ауэрэ тIуми зы хъыджэбз гуэр фIыуэ ялъэгъуащ. ТIури толIэ хъыджэбзым, итIани зым адрейм щебзыщI. Хъыджэбзми къыхихынур ищIэркъым: тIури щIалэ екIущ, цIыху Iэдэбхэщ. Iей хъууэ хуежьащ хъыджэбзыр. И дэлъхум гу къылъитэри къыхигъэзыхьащ:
— Сыт Iей ущIэхъур? Уи жагъуэ къэзыщI щыIэ?
— Хэт къищIын си жагъуэ — зыми къыщIыркъым…
— АтIэ уигу къеуэр сыт?
Щыхигъэзыхьым, хъыджэбзым зиумысыжащ:
— Ди къуажэм зэныбжьэгъуитI дэсщ, тIуми фIыуэ сыкъалъагъу, ауэ зыр зым къищIэркъым. Си зэранкIэ я ныбжьэгъугъэр къутэнущ. Аращ сигу къеуэр…
— АтIэ ар Iуэху, — жиIащ и дэлъхум. — Махъсымэ чей гъэхьэзыри, тIури къегъэблагъэ. Сэ бжьэ ястынщи, Iуэхур зытетыр ясIуэкIынщ. АдэкIэ щIапхъэми сеплъынщ…
ЗэрызэгурыIуам хуэдэу ящIащ. ЩIалитIыр хъыджэбзым и дэлъхум къриджащ, бжьэ зырыз яритри яжриIащ:
— Си шыпхъур тIуми фIыуэ фолъагъу. Дэтхэнэр малъхъэ схуэхъуми сэ зытезгъэгусэркъым. Пщэдей жэщ нэхъ фIэмыкIыу си шэщым шы къарапцIэ, натIэ гъуджэу, къыщIэзыгъэувэм си шыпхъур изот…
ЗэгурыIуэри зэбгрыкIыжащ. Зы дакъикъи зимыIэжьэу зыр гъуэгу техьащ. Адрейр, КъантемыркIэ зэджэ щIалэр, егупсысащ:
— ЗанщIэу сежажьэкIэ, шы къарапцIэ натIэ гъуджэ дэнэ къисхын? ЛIыжь Iущ гуэр деж сыкIуэнщи, сечэнджэщынщ…
ХьэжмырзэкIэ еджэу къуажэм лIыжь Iущ гуэр дэсти, кIуэри ечэнджэщащ:
— Сэ хъыджэбз гуэрым сылъыхъуащ. Хъыджэбзым и дэлъхум мыр къыдиухылIащ, — жери и Iуэхур хуиIуэтащ.
— Шы къарапцIэ натIэ гъуджэ мы хэкум щыбгъуэтынукъым, — къыжриIащ лIыжьым. — Апхуэдэш къыпхуэзыгъуэтыфынур псы тIуащIэм дэс Етэчщ. Абы и деж си пщIэгъуалэм уихьынщ.
Хьэжмырзэ и пщIэгъуалэм шэсри, Къантемыр псы тIуащIэм кIуащ. Жэщыбгым фIэкIауэ, Етэч и пщIантIэм ды-хьэри джащ. Етэч унэм къыщIэкIри, щIалэр иригъэпсыхащ.
— Сытым укъысхуихьа? — къеупщIащ щIалэм еблэгъэн щимыдэм.
— Хъыджэбз гуэрым сылъыхъуащи, шы къарапцIэ натIэ гъуджэ къыспаубыд. Уэр фIэкIа апхуэдэш зыгъуэтын щымыIэу жаIэ. СынолъэIу: си хьэтыр къэлъагъу.
— Хъунщ, — жиIащ Етэч. — УзгъэщIэхъункъым. Шыр уэтэрым тетщи, сэ сыкIуэнщ. Уэ сэ сыкъызыщIэкIа пэшым щIыхьи, си пIэм гъуэлъ.
— Ар дауэ хъун, абы уи щхьэгъусэр щожей! — идакъым щIалэм.
— Укъыспэрымыуэ, сэ зэрыбжесIам хуэдэу щIы!
Сыт ищIэнт: пэшым щIыхьэри цIыхубзым бгъурыгъуэлъхьащ, и къамэр кърихри я зэхуаку дилъхьащ. Нэхущым деж къэсыжащ Етэчыр. Шы къарапцIэр къритри къиутIыпщыжащ. Езыр и пэшым щIыхьэжащ. ПIэм нэсыжа хъунтэкъым цIыхубзыр гъынанэу къыщызэфIэтIысхьам.
— Сыт ущIэгъыр? — игъэщIэгъуащ Етэч.
— СыткIэ сымыгъынрэ: ухуеймэ, ущIокI, ухуеймэ укъыщIохьэж, уздэкIуэр сщIэркъым, ущыхэтыр сщIэркъым. УкъыщIохьэжри, къамэ къызбгъурыболъхьэ. СыткIэ уигу зэзгъэбгъа?
ЛIыр гуфIащ жэщ хьэщIэм цIыхугъэ хэлъу къызэрыщIэкIам щхьэкIэ. И щхьэгъусэми зыри жриIакъым…
Къантемыр зылъыхъуа хъыджэбзым и дэлъхур нэхущым деж шы щыщ макъым къыдэушащ. Зихуапэри шэщым кIуащ: шэщым къарапцIэ дахэ щIэтт, натIэ гъуджэу.
— Малъхъэ къэзгъуэтащ, — жери гуфIащ хъыджэбзым и дэлъхур, етIуанэ махуэм и шыпхъур Къантемыр иритащ, нысашэ дахэкIэ дригъэшащ.
Илъэс хуэдэ дэкIагъэнщ. Етэч и щхьэгъусэр дунейм ехыжащ. ПIалъэр икIыху щыгъуэри, Етэч щхьэгъусэ лъыхъуэу хыхьащ. Куэдым щыщIэупщIащ: игу ирихьын игъуэтакъым. «Си къарапцIэр зэста щIалэм деж сыщыщIэупщIэнщи сеплъынщ», — жери Къантемыр деж кIуащ. ГуфIэу иригъэблэгъэнтэкъэ, иригъэблагъэри хьэщIагъэшхуэ кърихащ, къызытекIу- хьамкIэ еупщIащ…
ТIури шэсщ, ежьэри тхьэмахуэ хуэдэкIэ заплъыхьащ — ягъуэтакъым Етэч хуэфэщэн цIыхубз. Ямыгъуэту къагъэзэжащ. «НакIуэ, псым дыдыхьэнщи зыдгъэщIыIэтыIэнщ», — жери Къантемыр и хьэщIэр псыхъуэм дишащ. Абы хэту Къантемыр и щхьэгъусэр пхъэхь иIыгъыу псыхъуэм дыхьащ. Ар щилъагъум, Етэч жеIэ:
— Мо цIыхубзыр къэсшэнт, хэтхэ ящыщми…
Етэчым дэнэ щищIэнт ар Къантемыр зэрищхьэгъусэр?..
— Дэгъуэщ, — жиIащ Къантемыр. — Ар си благъэщ. Улъызгъэхъунщ…
Къантемыр и щхьэгъусэр Етэч иритщ, шу гъуси яхуищIри иутIыпщыжащ. ЦIыхубзыр лэгъунэм щIашащ, жэщ хъури, лIыри кIэлъыщIыхьэжащ.
ЛIыр зэрыщIыхьэжу цIыхубзыр къэдыхьэшхащ.
— Сыт ущIэдыхьэшхыр? — игъэщIэгъуащ Етэч.
— Шы къарапцIэр щIэпту щхьэгъусэ къызэбгъэша щIалэм и щхьэгъусэм фIэкIа фыз пхуэхъун зэрумыгъуэтаращ сыщIэдыхьэшхыр…
— ЗэрымыщIагъэкIэ емыкIу злэжь пэтащ, — жери Етэч гур къызэщIищIэри, цIыхубзыр зейм хуишэжащ, тыгъэ лъапIи трилъхьэри.
Зытхыжар Къэрмокъуэ Хьэмидщ.
Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр
Шурдымхэ Амман щызэроцIыху
КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и комиссэм и унафэщIу щыта, иджыпсту СтандартизацэмкIэ, метрологиемрэ къэхутэныгъэхэмкIэ къэрал щIыналъэ центрым и IуэхущIапIэу КъБР-м щыIэм и Iэтащхьэ Шурдым Юрэ 1978 гъэм Амман щыщыIам зригъэцIыхуат генерал-полковник, Иорданием Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министру лэжьа Шурдым ТIэхьсинрэ (сэмэгумкIэ) генерал-лейтенант, Иорданием и авиацэм и унафэщIу, иужькIэ пащтыхьым и чэнджэщэгъуу, Парламентым и депутату щыта, нобэ сенатор Шурдым Ихьсанрэ.
Лъэпкъ шхыныгъуэхэр
Хуэрэджэ мэрзей
Хьэкъущыкъу мыулъийм псывэ иракIэ, абы фошыгъу щабэ хакIутэ, зэIащIэурэ, фошыгъур ткIуху къытрагъэкъуалъэри, кхъузанэ щабэкIэ языж. Фошыгъупс зар нэгъуэщI шыуаным иракIэ, абы зи купкъыр къиха, фIыуэ зэхэпIытIа хуэрэджэр халъхьэ. МафIэ цIыкIум трагъэувэри, зэIащIэурэ, и щхьэр техауэ ягъавэ. Ар сыхьэти 2-3-кIэ хьэзыр мэхъу. Хуэрэджэ вам и фэр гъуэжьыфэу, езыр зэпышу, тыкъыр лъэпкъ хэмылъу щытын хуейщ. Хьэзыр хъуа иужь къытрахыж, тIэкIу ягъэупщIыIури, пхъэбгъу гъущэм пIащIэу тракIэ икIи дыгъэпсым хэлъу ягъэгъу. Мэрзей дияр зэпамытхъыу пхъэбгъум къытралъэф, кIыхь хъурейуэ зэкIуэцIашыхьри, гъущапIэ-кIыфIыпIэм щагъэтIылъ. ЗэIымыхьэу куэдрэ щылъщ.
Халъхьэхэр: хуэрэджэуэ — г 800, фошыгъуу — г 300, псыуэ — г 200.
«Адыгэ шхыныгъуэхэр»
тхылъым къитхыжащ.
ЖыIэгъуэхэр
Узэрыщымыт зумыщI
МыхъумыщIэ пщIамэ, куэдрэ уащыгъупщэркъым, фIы пщIамэ, занщIэу уаIэщIохуж.
ЦIыхур зыгуэркIэ къыпщыгугъмэ, Iэмал имыIэу и псэлъэкIэмкIэ къэпщIэнущ.
ФIы пщIами Iей пщIами ар Iэмал имыIэу зэгуэр къыппекIуэкIыжынущ.
ЦIыхум жумыгъэIэжын умыIуатэ.
Тыншу упсэуну ухуеймэ, уи мыIуэху зумыхуэ.
Бзэгу зезыхьэу еса цIыхум и къалэныр арауэ къыщохъуж.
Узэрыщымыт зумыщI — хамэ хьэл махуищ пIалъэщ.
ПсэлъэкIэм куэд елъытащ.
БжэныкIэ Регинэ.
Псалъэжьхэр
И фэ ипх щхьэкIэ, игу ипхын?
Жьейм благъуэр гъуэм къреху.
Жьыр щхьэукъуэрейщи, щIалэр джэгурейщ.
Зи щхьэ Iуэху зыхуэмыщIэжыр хамэ IуэхукIэ ерыщщ.
Зытеджалэр и былымщ.
И фэ ипх щхьэкIэ, игу ипхын?
Къэрабгъэр къуэшкIэ лIыхъужьщ.
КъуэгъэнапIэ фочауэщ.
ЛIыжьым и лIыгъэр къэрабгъэм и псэлъафэщ.
Нэщэнэхэр
Мазэм ит «мэлыхъуэр» нэхъ IупщI хъумэ…
Жэм лъхуам и бза-джэр ишхыжмэ, гъэшым кIэреч жаIэрт.
КъэблэмкIэ къикIыу жьы къепщэмэ, уэфI нэщэнэу къалъытэрт.
ЦIыхуитIым лъахъш зэIэпахыртэкъым.
Мазэм ит «мэлыхъуэр» нэхъ IупщI хъумэ, мэлыр мэбагъуэ жаIэрт.
МафIэм гъавэ пэрыбдзэу ебгъэсыну фIыкъым, ар гуэныхьышхуэу къалъытэ.
ЦIыкIухэм папщIэ
Къуэрылъху цIыкIу
«Къысхуэщэху, — жи, —
хьэлыгъуанэ», —
ИIыгъщ и кIэкъуащIэр нанэ.
«Хьэлыгъуанэр гъурщ, — жи, нанэ,
IуищIыкIынщ уи дзапэфIанэр».
«Абы щыгъуэ, — жи, — къуэрылъхум, —
Къысхуэщэху мо торт щабэшхуэр!»..
Нанэ зыри хужымыIэ,
Къибжын хуей мэхъу ахъшэу иIэр!
Дэнэ щищIэр?
АдакъэщIэр ину маIуэ,
Зэрыжылэу къигъэдаIуэу.
ЩIэетар ар нобэ сощIэ:
Ди унагъуэр поплъэ хьэщIэ.
Ауэ ар ди адакъэщIэм
Дэнэ щищIэр? Дэнэ щищIэр?!
Гъатхэ уэшх
ЗещIыр уэшх къешхыну-
Пшэхэр техьэ-текIщ.
Пшэр зэбгрихуну
Жьыбгъэр къытреч.
Уафэр тIэкIу мэгъуагъуэ,
УафэхъуэпскIи едз.
Пшэхэм загъэщIагъуэу,
ТкIуэпсхэр къызэпхадз…
Жьыр тесабырэжри,
Гъатхэ уэшх къешхащ.
Дыгъэр къыкъуэкIыжри,
Удзхэр гуфIэжащ.
Губгъуэм ит щIэжьейхэр
Хъун IэфIкIэ мэтхъэж.
Ныбэ къэб хъужахэу
ПщIантIэм къыдохьэж.
Мэз Iэниуар.
Хъыбар зиIэ псэлъафэ
Къуэшрокъуэр пIащIэри унакъым
Гъэмахуэр икIауэ Iэщыхъуэхэр Къущхьэхъум къыдэкIыжын щыхъум, щIыпIэм и пIалъэ зыщIэ нэхъыжьхэм дунейр къызэрызэIыхьэнур жаIащ, уафэм и нэгу щIэлъыр щIэкIыху, Iэщхэр кърамыгъэжьэжу заIэжьэну унафэ ящIащ.
Къуэшрокъуэр мэлыхъуэ пщыIэ гуэрым и нэхъыжьт, а унафэм емыдаIуэу пIащIэри, и мэлыхъуэ пщыIэр къригъэжьэжащ. Гъуэгум борэн къыщытехъуэри, Къуэшрокъуэм и мэл хъушэр уаем иукIащ.
«Къуэшрокъуэр пIащIэри унакъым» псалъэжьыр абы къытекIащ.
Парипых уихуэ
Парипыхыр щIыпIэцIэщ. Балъкъ Iуфэрэ Псыхъурей къуажэ щIыбымрэ я зэхуакурщ.
Къэбэрдейм къытеуауэ щыта тургъутхэр Парипых деж хьэлэч зэрыщащIыгъам псалъэжьыр къытекIащ.
Псалъэзэблэдз
ЕкIуэкIыу: 3. Дуней псом нэхъыфI дыдэу щалъагъухэм ящыщ спорт джэгукIэ. 6. ЦIыху хьэлэл. 8. ПшахъуэщIхэм щыIэ псэущхьэшхуэ. ФIыуэ зэгуэбгъэпмэ, къотIэтIэхыу къоубжьытхыу жаIэ. 9. ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и джэгуакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ артисткэ, гушыIэ ролхэр Iэзэу зыгъэзащIэ. 11. Джэдуушхуэ: узэкъуэхуауэ ухуэмызэмэ нэхъыфIщ — уичэтхъэнщ, ауэ ди Къэбэрдей-Балъкъэрым апхуэдэ ущрихьэлIэнукъым. 13. ГъущI быдэ лIэужьыгъуэ. 15. Пхъэщхьэмыщхьэ гуащIэ цIыкIу. 16. ПIастапхъэ. 19. Ар зыщIэмыт унэ щыIэу къыщIэкIынкъым. 22. Къуаншагъэ зылэжьа цIыху. 23. КъэкIыгъэ: бжьыхьэ зэманым и щхьэкIэм сэмб пещIэ. Хущхъуи Iэфияни къыхах. 24. Iэпслъэпс. 27. Къуаншагъэ зылэжьам тралъхьэ тезыр. 28. Ди унафэщIым и … зэи къызэкIакъым. 29. … жьгъей. 32. Налшык дэт хьэщIэщ унэ лъагэшхуэ. 33. КъуийцIыкIу зэбзэджэкIа домбеижь. 34. Зи нэхэр куууэ ис. 36. Зыгуэр щискIэ къыпих Iугъуэ Iув. 37. ФIы дыдэу еджэм ар хуагъэув хабзэщ. 38. Пхъэщхьэмыщхьэ. 40. БгитI зэхуаку. 43. « … жэщ» — Молэ Владимиррэ Джэдгъэф Борисрэ яуса уэрэд цIэрыIуэ, Сокъур Ольгэ игъэзащIэу. 45. Нэхъ пасэм зылъэкI адыгэхэм я быныр зрагъэпIу щытам зэреджэ. 47. МафIэ бзий къыдидзу, уафэм къыщоуэ. 48. Блыщхьэм щегъэжьауэ мэремым нэсыхункIэ … махуэхэщ. 49. Цей щIагъым щIалъхьэ щыгъын.
Къехыу: 1. Къэнжал хьэку цIыкIу. 2. Бахъсэн районым щыIэ къуажэ. 3. Зы лъэпкъыр адрейм къызэрыхацIыхукI щыгъын. 4. Нарт Щэуей и адэр. 5. Лы лей зытелъ цIыху. 7. IэщIэвыщIэ. 10. Лъахъстэн вакъэ пIащIэ. 12. … и жапIэр езым къегъуэтыж. 14. Дзэлыкъуэ районым хиубыдэ къуажэ. 15. … зытI йохуэж. 17. Пхъэбгъум хэт IэпапIэ. 18. Уэшх нэужьым ди уэрамым … цIыкIухэр дэз мэхъу. 20. … зэрымытым Iэтэ ирегъэувэ. 21. Къэрэшей-Шэрджэсым и цIыхубэ усакIуэ Бемырзэ … 25. Шым, Iэщым я фэр изых бадзэжь. 26. ХадэхэкI. 30. Къамэ Iэпщэр зэрагъэщIэращIэ. 31. Мыщэм ар фIэбэлацэщ. 35. ГъущIхэкI лъапIэ. 36. Махъсымэ щащIкIэ халъхьэ пщагъэ. 39. Уэсыншэу тещтыкIа щIы щхьэфэ. 40. Iэщхэм я тхьэ. 41. Iэпхъуамбэшхуэм и гъумагъым хуэдиз хъу щапхъэ. 42. Удын зэхэдзэ нэхърэ — … зэхэдзэ. 44. Пшынэм и сэмэгурабгъу лъэныкъуэм тет Iэпэ е уафэ … макъ. 46. ЩIакхъуапхъэ.
Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ.
Бадзэуэгъуэм и 13-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
ЕкIуэкIыу: 5. Анэмэт. 7. Гъуэншэдж. 9. Бру. 11. Хьэлыуэ. 12. Уэрдыхъу. 13. ЛэпIанкIэ. 14. Гъымбу. 17. Сэшхуэ. 19. Пхъэбгъу. 21. ЛантIэ. 22. Дыркъуэ. 23. Ин. 24. Унагъуэ. 27. Шху. 30. Гудзэ. 31. Къэб. 32. Пыжь. 33. Яжьэ. 38. Акъ. 39. Уэрэд. 4I. Хъуп. 42. Гуартэ. 43. Ерчэн. 45. Дубай. 47. ЛантIэ. 48. Мудар. 49. Къэрэгъэш. 51. Къуэла-джэ. 53. Алабгъуэ. 55. Пыл. 56. БгъэхэIу. 57. БзэмыIу.
Къехыу: 1. Анэл. 2. Дэлэл. 3. Хьэиуэ. 4. Фэнд. 6. Архъуанэ. 8. Тхьэгъэзит. 10. Тхъувэжахуэ. 15. Мыл. 16. Уанэгу. 17. Сарыкъ. 18. Шхуэ. 19. Пэу. 20. Гъудэ. 25. Набдзэ. 26. Гъуаплъэ. 28. Бдзы. 29. Бжьо. 34. Къамылыкъуэ. 35. Маржэ. 36. Хьэчим. 37. Хъупсырджэн. 39. Уэд. 40. Дей. 42. Гуэн. 44. Нэд. 46. Бжьэдыгъу. 49. Къэзэр. 50. Шабзэ. 52. Лыгъэ. 54. Бжьын.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29925.txt"
} |
«ЗауэлIхэм япэ иту дзэпщ Пожарский Дмитрий Михаил и къуэр кIуэрт. Абы и ижьырабгъукIэ, Псыжь адрыщI къраша шыр щIэджэгухьу, Черкасский Дмитрий Мамстрыкъуэ и къуэ пщы ахъырзэманыр къыбгъурытт. СэмэгурабгъумкIэ пщы Пожарский-Лопатэ, боярин Мансуров, гражданин Минин сымэ ирикIуэрт».
Загоскин Михаил и «Юрий Милославский,
или Русские в 1612 году» тхыдэ романым щыщщ
Тхыдэм и пэжыр
ПсэупIэ-коммунальнэ IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэм я зэхуэсым сыхэту 1989 гъэм Пермь къалэм сыщыIэу тхылъ къэсщэхуащ, «Милославский Юрий, е Урысхэр 1612 гъэм» и фIэщыгъэу. А тхылъым къизджыкIахэм цIыхухэр щыгъуазэ сщIыну абы лъандэрэ си хъуэпсапIэт.
Черкасский Дмитрий (Къанщауэ) пщыр. Мы тхылъыр урысхэм я япэ тхыдэ романщ, 1829 гъэм къыдэкIауэ. Зи IэдакъэщIэкIыр тхакIуэ цIэрыIуэ Загоскин Михаилщ (1789 — 1852). ТхакIуэр дунейм ехыжын и пэ ар куэдрэ къыдагъэкIыжащ, европеибзихкIэ зэрадзэкIащ. Сэ сIэщIэлъ тхылъыр иужьрейуэ 1989 гъэм Мэзкуу къыщыдагъэкIыжащ.
Романыр зытепсэлъыхьыр «Лъэхъэнэ зэIумыбз» («Смутное время») цIэмкIэ урыс тхыдэм къыхэна илъэсхэращ. КIэщIу дыкъытеувыIэнщ мыхьэнэ нэхъ зиIэу а зэманым хэтам. Урысейр пщыгъуэ-пщыгъуэкIэрэ зэрызэпкърыхуар къигъэсэбэпри, Польшэм и пащтыхь Сигизмунд абы къытеуэну дзэ зэригъэпэщащ. Польшэм и дзэхэм гетман Жолкевскэм и унафэм щIэту Смоленск къалэр яубыдащ, «епцIыжакIуэхэм я жэрдэмкIэ» Мэзкуи дыхьахэщ. Сигизмунд пащтыхьым и къуэ Владислав урыс пащтыхьу игъэIуащ, ауэ абы и пIэкIэ зэкIэ Мэзкуу Гоневский жыхуаIэр къагъакIуэри, тахътэм тетIысхьащ. Урыс пщыгъуэ псоми, Новгород Ищхъэрэм ейм нэмыщI, Владислав пащтыхьу къалъытащ, абы и щыхьэту жорымкIэ тхьэ хуаIуащ хуэпэжыну. Поляк щылъху (лыхь) Владислав пащтыхьу къэзылъытахэм ящыщт Новгород Ищхъэрэ пщыгъуэм и дзэпщу щыта Милославский Дмитрий и къуэ Юрийри. Ар щыгугъырт пащтыхьыщIэм урыс пщыгъуэ зэбгрыдзахэр зэгуигъэхьэжу зы къэралыгъуэ иухуэфыну. Арати, пащтыхьым и лIыкIуэ пан Гоневскэм Милославскэр Новгород Ищхъэрэм егъакIуэ, лыхьыр урыс пащтыхьу къалъытэну ахэр къытригъэхьэн мурадкIэ, Юрий и адэ Дмитрий иIа Iулыджым щыгугъыу. Ауэ Iуэхум Урысейм и фейдэ зыхэлъ лъэныкъуэмкIэ зигъэзэным сэбэп хуэхъуащ Черкасский Дмитрий Мамстрыкъуэ и къуэ цIэмкIэ тхыдэм къыхэна, Идар Темрыкъуэ и къуэрылъху Къанщауэ. Урыс тхыдэм еджа дэтхэнэ зыми ещIэ Мэзкуу полякхэм къезыгъэла Пожарскэмрэ Мининымрэ я цIэхэр. Ауэ а тIум ябгъэдэтыну зыхуэфащэ адыгэ щIалэр ямыцIыхум къыщымынэу, языныкъуэхэм ар шэшэну щытауэ къащохъу, а щыуагъэр къызыбгъэдэкIари Загоскин тхакIуэращ. ТхакIуэм губгъэн хуэпщI хъунукъым, сыту жыпIэмэ, кавказ щылъху псоми зы зэман «тэтэркIэ», нэгъуэщI зэман «шэшэнкIэ», языныкъуэхэр «шэрджэскIэ» щеджэ щыIащ, щхьэж зэхиха лъэпкъыцIэ закъуэм трищIыхьу. Дэ нэхъ тхуэфащэу къысщохъу ди лъэпкъэгъу цIэрыIуэр зэрыадыгэр утыку къитхьэжыну, езым и тхыдэри нэхъ убгъуауэ цIыхубэм ябгъэдэтлъхьэну. Загоскиныр лIыхъужьыр къызыхэкIа лъэпкъымкIэ щыуами, и романыр тхыдэ дэфтэр мыхъуми, абы IупщIу къигъэлъэгъуащ Черкасскэм Урысейм папщIэ зэрихьа лIыгъэр. Ар къызыхэщ пычыгъуэхэр адэкIэ къызохь.
КЪУЭЖЕЙ Владимир,
КъБР-м щIыхь зиIэ и ухуакIуэ.
Загоскин Михаил и «Юрий Милославский, или Русские в 1612 году» тхыдэ романым щыщщ
Кавказым и къуэ Iэлхэм я хахуагъ IэубыдыпIэншэр
Мининымрэ Пожарскэмрэ я фэеплъ сыныр Мэзкуу и ут плъыжьым тетщ. Мис пщы Дмитрий Мамстрюкович и унэри. ПщIантIэшхуэм кIуэцIрыкIыу, зэманым екIуу лъагэу дэщIея пщы Черкасскэм и мывэ унэм щыщIыхьэм, дэкIуеипIэ зэвым ирикIуэурэ ахэр сенэм щIыхьэхэри я щIыIутелъ щыгъынхэр абы къыщIанащ, итIанэ хьэщIэщ хуитым щIыхьахэщ. Iэнэшхуэм цIыху тIощIым нэблэгъэн бгъэдэст. Зэ Iуплъэгъуэм бысымыр — пщы Черкасскэ цIэрыIуэм и къуэр — къахэпцIыхукIырт. И нэ фIыцIэшхуитIымрэ и нэкIу къамылыфэмкIэ абы бгъэдыхьэпIэ зимыIэ Кавказым и къуэ Iэлхэм я хахуагъ IэубыдыпIэншэр уи нэгу къыщIагъэхьэрт…
Черкасскэ пщыр Туренин бояринымрэ Милославскэмрэ къапежьэри, бжэ щIыхьэпIэм деж сэлам щарихащ. ЩIыIэ-щIыIэу тIури иригъэблагъэри игъэтIысащ, Iэпыдзлъэпыдзым фоубжьэ зырыз къахуихьащ.
— Юрий Дмитрич, — жиIащ Черкасскэм, — дынохъуэхъу узыншэу Новгород Ищхъэрэ укъызэрысам щхьэкIэ. Пэжыр жыпIэмэ, мы бжьэм Димитрий Юрьевич Милославскэм и къуэм и щIыхькIэ дефамэ нэхъ къэтщтэнут, лыхьхэм я лIыкIуэм, пащтыхьыкъуэ Владислав и блыгущIэтым папщIэ дефа нэхърэ.
— Дипщу Димитрий Мамстрюкович, — щэхуу жиIащ боярин Мансуровым, — дызэрызэгурыIуар зыщумыгъэгъупщэ. Уи псалъэхэм къигъэпщIэнтIащ, плъагъуркъэ!
— Схуэшэчакъым! — итащ жэуап Черкасскэм. — Сигу хощI. Сэ абы и адэм и ныбжьэгъуу сыщытащ… Юрий Димитрич, — пещэ Черкасскэм. — Турениным зэрыжиIэмкIэ, уэ гъэпцIагъэрэ IужэжэнкIэ Iэзэ Лотер тхьэгъэпцIымрэ гетман Жолкевский бзаджэнаджэмрэ къигъэсэбэпу, Мэзкуу къэзыубыда Гонсевскэм укъытхуигъэкIуащ.
— НтIэ, нтIэ, гетман Жолкевскэ бзаджэнаджэм! — жиIэжащ Барай-Мырзэ.
— Жолкевскэ гетманыр бзаджэнаджэкъым, — жиIащ Юрий. — Сигизмунд и чэнджэщакIуэу хъуар абы хуэдэу хьэлэлрэ цIыху пэжу щытамэ, ди Хэкум и бэлыхьхэр куэд щIауэ иухат.
— Владислав Мэзкуу и унафэщIу щытынут, ара? — зэпиудащ ар Черкасскэ пщым.
— Дэ псори лыхь пащтыхьым дрипщылIу? — къыпигъэуващ щIэдыхьэшхыкIыурэ Образцовым.
— УнафэщIутэкъым, — жеIэ Юрий. — ХабзэкIэ теува урыс пащтыхьущ. Жолкевскэм тхьэ иIуащ и псалъэр игъэпэжыну: ар пцIыупскъым икIи бзаджэнаджэкъым, цIыху пэжщ икIи зауэлI хахуэщ.
— Ар пэжкъым, пцIыщ, — кIиящ Черкасскэр.
— ПцIыщ, пцIыщ, — дежьууащ абы Барай-Мырзэ.
— ПцIыр Тхьэм къищтэркъым, боярхэ, — жиIащ зэпIэзэрыту Юрий, — аращ бийм утепсэлъыхьми, пэж жыIэн щIыхуейр.
— Къащхьэщыж, къащхьэщыж а лъыифхэм, къуэш! — зэпиудащ ар бысымым.
— Сыт абы гъэщIэгъуэну хэлъыр: зэгъусэхэр армырами зэкъуэшщ.
— Пщы Димитрий, — Iущэщащ Мансуровыр, — уи хьэщIэм и жагъуэ умыщI.
— Владислав и пщылIымрэ Гонсевскэм и IупэфIэгъумрэ сэ зэи хьэщIэ схуэхъунукъым! — кIиящ кIуэ пэтми нэхъ къызэщIэплъэу Черкасскэ пщыр. — Хьэуэ, си хьэщIэкъым сэ ар. КъыщIэкIуар къыджиIэну хуит сощI Сапегэ хъунщIакIуэм и блыгущIэтым. Гонсевскэм къалэн къыщищIар ирырегъэзащIи, зыщрегъэгъупщэ Черкасскэ пщыр и адэм и ныбжьэгъуу зэрыщытар.
— ЖрыреIэ, жрыреIэ,- и жьакIэ Iувым телъэщIыхьурэ жиIащ Барай-Мырзэ.
— Ауэ зыщумыгъэгъупщэ, Юрий Дмитрич, — къыдыщIигъуащ Образцов уэркъым, Юрий нэщхъыцэу къеплъурэ, — уэ Новгород Ищхъэрэ лIыщхьэхэм я пащхьэ уитщ, жумыIэпхъэ жыпIэмэ, къалэм и нэмыс бгъэпудынущ.
— Сэ пэжыращ жысIэнур, — къыщIидзащ Юрий хабзэ хэлъу къызэфIэувэурэ. — Новгород Ищхъэрэ и уэркъ махуэхэ! Сэ пан Гонсевскэм мамырыгъэ IуэхукIэ сыкъыфхуигъэкIуащ. Фэ фыщыгъуазэщ Мэзкуу псом Владислав пащтыхьыкъуэм жоркIэ Тхьэ зэрыхуиIуам. Жолкевскэ гетманыр и адэм елъэIуну жиIащ, ди диным къихьэу жор зыпщIыхригъэлъхьэну… Уэркъхэ, Новгород Ищхъэрэ и лIыщхьэхэ! Щапхъэ ятефх мэзкуудэсхэм! Тхьэ хуэфIуэ пащтыхьыкъуэ Владислав, фызэмызэуэжу Тхьэм къыдита ди пащтыхьым и унафэм фыщIэувэ! Гонсевскэм пащтыхьыр фIыуэ къытхущытыну, хуиту ди сату Iуэхухэр ирыдигъэгъэкIуэкIыну, ди мылъкум хэттыкIыпхъэр игъэмэщIэну дыкъигъэгугъащ. Сэ жысIэнур жысIащ, къыхэфх фызыхуейр…
— Бийм и лъымкIэ зыдгъэнщIыну дыхуейщ! — кIиящ Черкасскэр. — Урысейм и зэрыпхъуакIуэ лыхьхэм я лъымкIэ!
— НтIэ, нтIэ, поляк псоми! — аргуэру зэ жиIэжащ ар Барай-Мырзэ Кутумовым, Черкасскэм еплъурэ.
— Владислав тхьэ хуэзыIуа урысхэр-щэ…
— Ахэри ирекIуэд диным и бийхэм я гъусэу, — кIиящ бысымыр.
— Лъы гъэжэным ущIэхъуэпсу ара, хьэмэрэ Хэкум папщIэ лъы бгъэжэну? — еупщIащ абы Юрий.
Черкасскэм и нэ лыдхэр Милославскэм триубыдэщ, заулкIэ зиIэжьэри еупщIащ, сату щащI утым ущыIа, жиIэри?
— Хьэуэ, — итащ жэуап Юрий, зыщIэупщIэр къыгурымыIуэу.
— УкIуагъарэт. Абы епцIыжакIуэ Вяземскэр зэрыщыпалъар плъагъунт. Хуэсакъ, убэлэрыгъыу, укIыр къэзылэжьыр Вяземскэм зэримызакъуэр дигу къыумыгъэкIыж!
— Пщы Димитрий! — жиIащ Мансуровым. — Убысыму ар пхуэфащэ, Тхьэм ущышынэркъэ? Зэхэфхакъэ Гонсевскэм къыхилъхьар? Щхьэж игу илъыр жрыреIэ! Черкасскэ бояриныр Новгород Ищхъэрэ думэм хэт лIыщхьэу ущыщыткIэ, псом япэ упсэлъэну къыптохуэ! Сыт хуэдэ жэуап Гонсевскэм ептынур?
— Сэ жэуап естакIэщ, — жиIащ Черкасскэм. — Дэ хэтха Пожарский Димитрий Михайлович пщыр дяпэ иту Мэзкуу дрырешэ! Мис абдежым щеттынщ гетманым жэуап. Ди бийхэм я хьэдэхэмкIэ мэзкуу губгъуэхэр дуфэбгъумэ, къищIэнщ гетманым Новгород Ищхъэрэ жылэм нэхъ къищтэр!
— НтIэ, уэ жыпIэр?..
— Зы поляк урыс хьэуакIэ бэуэху, шыщхьэмыгъазэу зэуэн! ХэкIуэда ди къуэшхэм ялъ тщIэжын! Лъым и уасэр лъыщ!
Кутумов Мырзэр къэтэджри, и жьакIэм телъэщIыхьурэ жиIащ:
— Уэркъхэ, иджыпсту Димитрий Мамстрюкович Черкасскэм жиIаращ сэри жысIэр: зэуэн зы лыхь е зы урыс… зи гугъу сщIыр епцIыжакIуэхэращ…
— Хъунщ, Барай-Мырзэ, тIыс! — зэпиудащ ар Черкасскэм.
Хэт жиIэфын уэ уи адэм уримыкъуэу?
Черкасскэ пщыр къыщылъэтащ:
— Дауэ, фэ Владислав урыс пащтыхьу тевгъэувэну фыарэзыуэ ара?
— НтIэ, дыкъызэригъэгугъахэр игъэпэжмэ, — жиIащ Мансуровым.
— Поляк диныншэр дыдейуэ дыбжыну ара? — зэпиудащ ар Образцовым.
— Абы и диныншагъэм и щIыб хуигъэзэнущ, — идакъым Самсонов дин лэжьакIуэм.
— Мэзкуу къригъэлыну нэмыкIуэр епцIыжакIуэщ икIи тхьэгъэпцIщ!
— Пщы Димитрий! — жиIащ Мансуровым, — уэри, Мырзэ, зыщывмыгъэгъупщэ къалэ утым фызэримытыр, лIыщхьэхэм я зэIущIэм фызэрыщыIэр. Сэри фэ нэхърэ мынэхъ мащIэу фIыуэ солъагъу Урысей лъапIэр. Фэ флъагъу мыхъур лыхьхэращ, сэ зэныкъуэкъунри, лъы гъэжэнри, ди Хэкур зытекIуэдэж, Тхьэми къимыщтэ зэкъуэш-зэбиинри сигу техуэркъым. Зэуэн хуей хъумэ, флъагъунщ боярин Мансуровым Iэщэ зэриIыгъри и диным зэрыхуэпэжри.
— Боярин! — жиIащ Образцовым, — дэ жытIэр щызэтемыхуэкIэ, Новгород Ищхъэрэм зыхрырегъэкI, хэт и Хэкур нэхъыфIу илъагъуми.
— Ар иджыпсту флъагъунущ, Новгород Ищхъэрэ ипщхэмрэ и лIыщхьэхэмрэ, — щхьэщэ яхуищIу зыкъиIэтри, псоми гуапэу захуигъэзащ Мининым.
— Козьма Минич, пэжу, уэ иджыри къэс зыри жыпIакъым! — къыхэкIиикIащ Черкасскэр. — ЖыIэ, жыIэ, хэт захуэр!
— Новгород Ищхъэрэ нэхъ мыкIуэмытэ дыдэу дэс сэ къыстехуэркъым пщIэ зиIэ пщыхэмрэ уэркъхэмрэ я хеящIэ сыхъуну. Тхьэр арэзы къыфхухъу сызэрызыхэвгъэхьа къудейм щхьэкIэ, Урысейм нэхъ пщIэ зиIэу ис лIышхуэхэм! Хьэуэ, уэркъхэ! ЛъагагъкIэ фэ фхуэдэ пан Гонсевскэм и ныбжьэгъум, и лIыкIуэм зыхрырегъэкI Мэзкуу дыкIуэнрэ дымыкIуэнрэ.
— Сыт, Минин, жыпIэр, уи акъылым уит? — кIиящ Черкасскэр.
— Юрий Дмитрич,- жиIащ Мининым, Милославскэм зыхуигъазэурэ, — уи къалэныр бгъэзэщIащ, лыхь гетманым и лIыкIуэ хуэдэу упсэлъащ. Иджы Димитрий Юрьевич и къуэ уэ сыноупщI, дыкIуэн Мэзкуу Сигизмунд и жьауэм дыщIэувэну?
Юрий и нэкIущхьэм плъыжьыгъэ къыщIэуващ, къэтэджыну къеIэри, зэуэ и нэкIум и Iэр Iуилъхьащ.
— Боярин! ЖоркIэ Владислав тхьэ хуэпIуауэ щымытамэ, ди гъусэу нобэ къалэ утым тхьэ ущелъэIуауэ щытамэ, Нижний Новгород ущыщу щытамэ, сыт пщIэнт? — пищащ Мининым.
— СщIэнури? — жиIащ Юрий и нэ цIуухэр Мининым триубыдэри. — Сэ сщIэнури?.. Си щхьэр Урысей лъапIэм щхьэкIэ хэслъхьэнт!
— Сыт жыпIэр, Юрий Дмитрич? — Iущэщащ Турениныр.
— УвыIэ, боярин! — кIиящ Милославскэр, кIуэ пэтми нэхъ къызэщIэплъэурэ. — Къару сиIэжкъым! Новгород къалэдэсхэ! Си лъыр згъэжэнт ди дин лъапIэм щхьэкIэ. Маржэ, МэзкуукIэ, Тхьэм и нэфIыр зыщыхуа новгороддэс пэжхэ! Къевгъэл фи къуэш кIуэдахэр! Ахэр лыхьхэм я пщылIу аращ, армыхъумэ, Владислав и блыгущIэтхэкъым! Фи фIэщ фымыщI Сигизмунд жиIэр, ар зэи ныбжьэгъу мыхъун бийщ! Фащымышынэ лыхьхэм — ахэр зыфIэшынагъуэр Iэщэншэ мэзкуудэсхэращ! ФыпIащIэ, Новгород жылэ! Къевгъэл Кремль лъапIэр! Фэ фыщхьэхуитщ, фэ тхьэ хуэфIуакъым хамэм! Сэ… сэ зыми сыхимыгъэзыхьу Владислав тхьэ хуэсIуащ сыхуэпэжынуи, фи гъусэу сылIэфынукъым! Ауэ Iэщэ сымыIыгъми, тхьэлъэIукIэ фи Iуэху лъапIэм сыхэтынщ! Сергий аущым и тхьэлъэIупIэм сыщIэтIысхьэнщи, абы Тхьэм и нэфI зыщыхуам и кхъащхьэм сыбгъэдэсу жэщи махуи Урыс пащтыхьыгъуэр къригъэлыну сыщелъэIунщ!
Юрий щым хъуащ. ТкIуэпсышхуэурэ нэпсхэр къытелъадэрт абы и нэкIум. Милославскэм и псалъэм къигъэуIэбжьауэ псори бзагуэ хъуат заулкIэ. Асыхьэтым Iэнэр къэуфэрэнкIащ, и Iэуэлъауэм псори къигъащтэу. Черкасскэ пщыр Iэнэм щхьэпрылъри, Милославскэм зридзащ:
— Къысхуэгъэгъу, си псэм хуэдэ, уи жагъуэ сщIащ, — жиIэрт абы Юрий зыкIэрикъузэурэ. — Иджы зыгуэрым жрыреIи ирыреплъ уэ си ныбжьэгъу Милославскэм уримыкъуэу!
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29929.txt"
} |
Журтхэмрэ адыгэхэмрэ нэхъ гъунэгъу зэхуещI
Тхьэмахуэ кIуам Израилым и Ашкелон къалэм щагъэлъэгъуащ 2008 гъэм КъШР-м щытраха «Бесленей. Право на жизнь» документальнэ фильмыр (режиссер нэхъыщхьэр Давыдов Вячеславщ). Фигу къэдгъэкIыжынщи, фильмым хэт лIыхъужь нэхъыщхьэхэм цIэ-унэцIэу, хэкуу, уеблэмэ гъащIэу тIурытI яIэщ. 1942 гъэм щIэрыщIэу къалъхужа хуэдэт а сабийхэр Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм хыхьэ, адыгэхэр щыпсэу Беслъэней къуажэм щашам. А лъэхъэнэм Ленинград блокадэм къраш журт сабийхэр Теберда яшэрт. Ауэ ахэр а лъахэм псэууэ нэсыным шэчышхуэ хэлът, сыту жыпIэмэ, Гитлер унафэ ищIат журт псори, я ныбжьым емылъытауэ, зэтеукIэн хуейуэ. Сабий гупыр зэрыс мафIэгур гъуэгу здытетым, Армавир деж къэсауэ нэмыцэ кхъухьлъатэхэр къащхьэщыхьэри, бомбэкIэ къеуэн щIадзащ. Абы къела сабиищэ хуэдиз гу зэщIэщIахэм ирагуашэри, Теберда лъэныкъуэмкIэ яунэтIащ. ЦIыкIухэр зэрыс гухэр къуажэхэм щыкIуэцIрыкIым къеплъIатэкъым, армырми, шхыныр я мащIэт, сабийхэр къащтэфыртэкъым, ауэ щIакхъуэ, кхъуей тIэкIу къыхудахыурэ къратырт. Сабийхэм я гъусэ сэлэт Iэ лъэныкъуэм къыжраIэрт: «Мы фыздэкIуэмкIэ адыгэ къуажэхэр къыщысщ, абыхэм фыдыхьэмэ, фаукIынкIэ хъунущ, адыгэхэр бзаджэщ».
Гу зэщIэщIахэр Беслъэней щыдыхьам, къуажэдэсхэм занщIэу къагурыIуат, ядэмыIэпыкъумэ, цIыкIухэм къапэплъэр ажалыр зэрыарар. Ахэр кърагъэлын папщIэ, сабийхэр унагъуэхэм трагуашэри, зы жэщ-махуэм къриубыдэу къуажэ советым и тхылъым иратхащ адыгэ унагъуэцIэрэ цIэрэ яIэу. Марик Мусэ хъуащ, Катя ФатIимэт фIащащ…
КIэщIу жыпIэмэ, фильмыр теухуащ зауэм, лъагъуныгъэм, цIыхугъэм. Гум щIохьэ фильмыр. Ауэ къэIуэтэгъуейщ гум хыхьэр сытрами — лIыхъужь нэхъыщхьэхэм я гъащIэр къызэрекIуэкIара хьэмэрэ цIыхупсэм и гуапагъэр зэрыгъунэншэра?
Израилым и щхьэхуитыныгъэм зи псэр щIэзытахэм я фэеплъ унэм щагъэлъэгъуащ зи гугъу тщIы документальнэ фильмыр. Абы еплъыну Ашкелон кIуахэм ящыщщ Кфар-Камэрэ Рихьэниерэ дэс ди лъэп- къэгъухэм ящыщу Щхьэгъум Сэлим, Натхъуэ Ехья, ЛIэужь Нарт, Беслъэней щыщ, иджыпсту Израилым щыIэ ПэтI Зауррэ Русланрэ, КъБР-м щыщу Израилым щыпсэу Iэпщэ Рустам сымэ.
Фильмым и презентацэм хухэха пшыхьыр къызэIуихащ Ашкелон къалэ администрацэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Байлен Софие.
— Фи пащхьэ къитхьэну фильмыр тезыхахэмрэ сэрэ журт кинофестиваль гуэрым дыщызэрыцIыхуащ. Абы щыгъуэм япэу сеплъащ сэри мыбы, хуабжьу сигу ирихьащ икIи куэду сигъэгупсысащ. Пэжыр жысIэнщи, мыпхуэдэ кино зыгуэрым трихауэ иджыри къыздэсым срихьэлIакъым! Апхуэдэ лIыгъэрэ цIыхугъэрэ зыхэлъ нэгъуэщI лъэпкъ щыIэуи си фIэщ хъуркъым, — жиIащ Софие.
АдэкIэ псалъэ иратащ фильмым и режиссер нэхъыщхьэ Давыдов Вячеслав.
— Мы дунейм дыкъызэрытехьэрэ зэман куэд блэкIащ, иджыри къыкIэлъыкIуэнур мащIэкъым. А пIалъэ кIыхьым къриубыдэу динми, хабзэми, псэукIэми, жылагъуэ Iуэху еплъыкIэми захъуэж. Ауэ зы лъэпкъ щыIэщ и ныбжьым укъыдэбжэмэ, лIэщIыгъуэ куэд къызэринэкIауэ, я цIыхугъэ уеплъмэ, жыжьэуи зыхуэбгъэдэн щымыIэу, — жиIащ Вячеслав. — Зи гугъу сщIы лъэпкъыр зыгъэдахэр и ХАБЗЭРЩ, зэрызэджэжыр АДЫГЭЩ, къызэрацIыхур ШЭРДЖЭСУЩ. Нэхъыжь-нэхъыщIэхэм я зэхуаку пщIэ дэлъщ, бзылъхугъэ-хъулъхугъэхэр зэролъытэ, езыхэр екIуу зэхэтщ. Я пщащэхэр дахэщ, я щIалэхэр бланэщ, я хэкур бжьыфIэщ, уафэгур я пыIэщ, я Iуащхьэхэр, я мэзхэр куурэ дэгуу зэхэтщ, я псыхъуэхэм щIыIэрэ къабзэу псыхэр щожэх. Аращ Адыгэ Хэкур — абы и цIэр Шэрджэсщ.
Режиссерым гур зыгъэин и псалъэхэм къакIэлъыкIуэу, фильмым и купщIэр жимыIэжыщэу, экраныр щIигъэнащ. Пэшым щIэсхэр щым хъуауэ еплъащ фильмым. Абы иужь къызэхуэсахэм я упщIэхэм жэуап иритащ Давыдовым.
Натхъуэ Ехья къыщыпсалъэм жиIащ: «Япэрауэ, Тхьэм фигъэпсэу дыкъызэревгъэблэгъам папщIэ. Тхьэм и нэфIыр къыщыхуэ мы кино телъыджэр тезыхыну, зигу къэкIам. Сабий гупыр япIыну къэзыщта ди лъэпкъэгъухэм ящIар лIыхъужьыгъэщ, гущIэгъушхуэрэ хахуагъэрэ яхэлъу къыщIэкIащ. Аращ, дэ дыадыгэщ, ди Хабзэ зыдохьэ, ди дин диIэжщ! ПсэзэпылъхьэпIэ ихуа сабийм удэIэпыкъуным лъэпкъ, дин зэхэгъэж пхуехьэлIэнукъым, нэгъуэщIу жыпIэмэ, хамэ сабий щыIэкъым.
Мы кинор бзэуэ щыIэмкIэ зэдзэкIауэ къэрал псоми щыгъэлъэгъуэн хуейщ, цIыхугъэмрэ гущIэгъумрэ я щапхъэу. Аращ си лъэIур! Тхьэм фигъэпсэу!»
Мы хъыбарыр «Адыгэ псалъэ» газетым щхьэкIэ къытхуэзытхыжа Iэпщэ Рустам жеIэ:
— Фильмым щытлъэгъуар ди гум хыхьарэ ди лъэпкъым, ди хэкум щхьэкIэ ди щхьэр лъагэу дигъэлъагъуэжауэ дыкъыщыщIэкIыжым, зы лIыжь къыдбгъэдыхьащ и нэпсхэр и нэхэм къыщIэувауэ. «Сэри сиIащ апхуэдэ насып, сэри адыгэхэм сапIыжащ, ауэ сэ ЕсэнтIыгущ сыздэщыIар», — жиIащ абы. Хуабжьу згъэщIэгъуащ ар! Абы нэмыщI иджыри зы журт нанэ цIыкIу къыщысцIыхуащ Израилым, адыгэхэм япIыжауэ. Хуабжьу шэрыуэу адыгэбзэкIэ мэпсалъэ. КъБР-м хыхьэ Ислъэмей къуажэм Балъкъызхэ я унагъуэм щапIащ ар, и щIалэгъуэр щигъэкIуари аращ. Сэ си анэшыр Ислъэмейщи, си анэшхуэр фIыуэ ещIэж зи гугъу сщIы нанэ цIыкIум. Езыр журтми, апхуэдизкIэ адыгэгу хъуат ари, и нэпсхэр къыфIекIуащ: «Сэ сылIэжын си гугъащ, си адыгэбзэ тIэкIур зэхэзмыхыжу», — жиIащ!
Мис апхуэдэурэ адыгэм и щхьэр лъагэу езыгъэлъагъужа, гуапагъэкIэ гъэнщIа, журхэмрэ адыгэхэмрэ иджыри зы лъэбакъуэкIэ нэхъ гъунэгъу зэхуэзыщIа фильмыр щагъэлъэгъуащ Израилым.
НэщIэпыджэ Замирэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29935.txt"
} |
Бокс
МедалиплI
Совет Союзым и ЛIыхъужь кхъухьлъатэзехуэ Нагулян Мартирос и фэеплъу боксымкIэ ХХVIII дунейпсо зэхьэзэхуэ Адлер щекIуэкIащ. Абы кърихьэлIащ Урысейм и щIыналъэхэм, Украинэм, Белоруссием, Абхъазым, Литвам, Армением, Къэзахъстаным, Таджикистаным, Узбекистаным я спортсмен 300. Зэпеуэм КъБР-м и спортсмениплI хэтати, ехъулIэныгъэхэр зыIэрагъэхьащ.
Соблыр Азэмэтрэ Мельянов Борисрэ я гъэсэнхэу Зайнутдинов Зайнутдин, Аджырэ Маирбэч, Абазэхэ Аланрэ Тамерланрэ текIуэныгъэм ерыщу щIэбэнащ. Зайнутдиновым зэхьэзэхуэм бжьыпэр щиубыдащ, адрейхэм дыжьын медалхэр къахьащ.
Гъэунэ Светланэ,
КъБР-м Спортымрэ туризмэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэ.
Футбол цIыкIу
Гъэмахуэ зэхьэзэхуэхэр
Физкультурэмрэ спортымрэ пыщIа къэрал IэнатIэхэр Урысейм къызэрыщызэрагъэпэщрэ илъэс 90 зэрырикъум теухуа Iуэхугъуэхэм япкъ иткIэ, бадзэуэгъуэм и 17-м щыщIэдзауэ шыщхьэIум и 21 пщIондэ Прохладнэ муниципальнэ куейм футбол цIыкIумкIэ пашэныгъэ къыщыхьыным хуэунэтIауэ хьэблэ командэхэм я «Гъэмахуэ футбол-2013» зэхьэзэхуэ щекIуэкIынущ.
Район администрацэм физкультурэмрэ спортымкIэ и къудамэм и унафэщI Куценкэ Анатолий щыгъуазэ дызэрищIамкIэ, зэхьэзэхуэхэр ирагъэкIуэкI спортым, гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэр жыджэру къызэгъэпэщыным сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ нэхъыбэу къыхэшэн мурадкIэ. Абы хьэблэ командэ 19, «Колос» сабий-ныбжьыщIэ спорт школым и гъэсэнхэм я командэу 5 хэтынущ.
«Гъэмахуэ футбол-2013» зэпеуэр Екатериноградскэ, Приближнэ, Заречнэ, Ново-Полтавскэ, Благовещенкэ, Алътуд къуажэхэм я футбол цIыкIу джэгупIэхэм къыщызэIуахащ.
Глашковэ Еленэ,
Прохладнэ муниципальнэ куейм и щIыпIэ администрацэм и пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29937.txt"
} |
Лъахэр блогхэм щагъэлъапIэ
КъБР-м ЦIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министерствэм хъыбар фегъащIэ 2013 гъэм бадзэуэгъуэм и 1-м щыщIэдзауэ «Къэбэрдей-Балъкъэрыр — щIалэгъуалэм я нэкIэ» блогерхэм я зэпеуэр зэрекIуэкIымкIэ. Зэхьэзэхуэр зи жэрдэмыр КъБР-м и Парламентым деж щыIэ ЩIалэгъуалэ палатэрщ, абы Iуэхур диIыгъщ икIи и щIэгъэкъуэнщ зи гугъу тщIы министерствэр.
Зэпеуэм хэтыну хуейхэм я тхылъхэр шыщхьэIум и 1 пщIондэ Iах. Абы хэт хъунущ илъэс 14-м щыщIэдзауэ 35-рэ зи ныбжьхэр, УФ-м и цIыхухэр, КъБР-м зэ-пымыууэ щыпсэу щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ. Зэхьэзэхуэм хэтынухэм псори къызэджэф блогхэр щагъэлажьэу щытын хуейщ vk.com, facebook.com, livejournal.com платформэхэмрэ @mail.ru, LiveInternet блогхэмрэ.
Зэпеуэм и зэхэлъыкIэмрэ мардэмрэ нэхъ гъунэгъуу зыщывгъэгъуазэ хъунущ «ВКонтакте», «Живой Журнал», сетхэмрэ КъБР-м ЦIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министерствэм и сайтымрэ.
Къэбарт Мирэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29939.txt"
} |
Пщалъэхэм къотIасэ
Налшык и подстанц гупым хыхьэ «Дубки» подстанцыр Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм электрокъарур ятезыгуашэ компанием и арэзыныгъэ хэлъу, «МРСК СК» ОАО-м и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и инвестицэ программэм зэрыщыубзыхуам тету зэрагъэпэщыжащ.
Республикэм и щыхьэрым и гъунэм щыIэ Налшык полупроводник заводымрэ сымаджэщхэм я къалэ цIыкIумрэ папщIэ, 1960 гъэм яухуауэ щыта «Дубки» подстанцыр жылагъуэ социальнэ мыхьэнэ зиIэ псэуалъэхэр электрокъарукIэ ирикъуу къыхузэгъэпэщыжыртэкъым, токыр пызыщIэну хуейхэм апхуэдэ Iэмал тэмэму ягъуэтыртэкъым. ЩIыналъэ къудамэм и унафэщI Гъубжокъуэ Юрэ зэрыжиIамкIэ, подстанцыр егъэфIэкIуэным, абы и лъэщагъым хэгъэхъуэным теухуа къалэнхэм энергетикхэр гъуэзэджэу пэлъэщащ. Илъэс ныкъуэ и пэкIэ ирагъэжьэжа подстанцым къэрал сымаджэщхэр, предприятэхэр, организацэхэр, «Налшык» хьэлвэ заводыр, «Дубки» бэзэрыр, Вольнэ Аул хьэблэр зэпIэзэрыту электрокъарукIэ къызэрегъэпэщ. Киловатти 110-рэ хъууэ абы екIуалIэ вольтышхуэ линищым киловатти 6-м папщIэ къыхэкI гуэшыпIэ 30-м республикэм и къалащхьэм щыпсэу цIыху мин 40-м нэблагъэм токыр ират.
ЩыIахэм я пIэкIэ мегаватт 16 зи лъэщагъ трансформаторыщIэу 2 ягъэуващ. «Дубки» подстанцыр иджырей IэмэпсымэхэмкIэ, нэгъуэщI зыхуейхэмкIэ къызэгъэпэщащ, хъуэжыпхъэ псори щIэкIэ щызэрахъуэкIащ, гъущI-бетон бжыхькIэ къахухьащ.
«Дубки» подстанцыр дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэным, экономикэ шынагъуэншагъэм къагъэувхэмрэ я пщалъэхэмрэ сыт и лъэныкъуэкIи къотIасэ.
ГЪУКIАКЪУЭ Идар.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29949.txt"
} |
Таурыхъым и лъахэм дыщохьэщIэ
Сирием къиIэпхъукIыжа Шорэхэ, ЛIыгуащIэхэ, Сихъухэ, КIэрэфхэ, Соснакъхэ, Хьэрунхэ, Хьэтыкъухэ, нэгъуэщI лъэпкъхэми щыщ сабий 30-м щIигъум я сурэт щIэщыгъуэхэмкIэ Лъэпкъ музейм и блынхэр ягъэдэхащ. «Сабий псысэхэр» зыфIаща гъэлъэгъуэныгъэм, пэж дыдэуи, зы таурыхъ цIыкIу налшыкдэсхэр, балигъхэри сабийхэри дыхагъэплъащ.
Зи ныбжьыр илъэси 4-5-хэм къыщыщIэдзауэ 12-14-хэм нэсхэм хэку лъагъуныгъэр зищIысыр нэсу къагурыIуауэ иджыри пхужыIэнкъым, ауэ абыхэм ар зэрызыхащIэми шэч къытепхьэфынукъым. Абы и щыхьэтщ Хэкум къыгуэхыпIэ имыIэу епха Iуащхьэмахуэ и теплъэр куэду зэращIар.
ЦIыкIухэм Iэмал зэхуэмыдэкIэ сурэт ящI, анимацэри къагъэсэбэп. Тхыпхъэ хьэлэмэтхэр зытращIыхьа чэтэн хуитхэми узрагъэплъ. Ахэр сабийхэр гупу зэлэжьа я IэдакъэщIэкIщ. Япэм елэжьащ Соснакъ Марие, Къанщауэ Жанти, Апыщ Заур, Хьэтыкъу Убей, Таш Махьир, КIэрэф Анзор, Сихъу Азер, ЛIыгуащIэ Наурыз. ЕтIуанэр Хьэжымахуэхэ Селъуэрэ Марьямрэ, Хьэрун Айя, Къанщауэ Рамэ, Апыщ Сальмэ, Камылмаз Майе сымэ я IэдакъэщIэкIщ.
Нарт эпосым, адыгэ таурыхъхэм дызыщрихьэлIэ лIыхъужьхэри щыкуэдщ мыбы. Хьэлэмэту сабийхэм ящIащ Иныжь Нэзакъуэр. ХьэкIэкхъуэкIэхэмрэ удз гъэгъахэмрэ зэрызэмыфэгъур, зэрыщхъуэкIэплъыкIэр, я щIыуэпсыр зэрыбейр — псори сабийм и дуней къабзэм и щыхьэтщ.
Гъэлъэгъуэныгъэр къызэзыгъэпэща «Дыгъэ» IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэм (Щокъарэ Дианэ, Апыжь Бибарс, Елей Миланэ, Бэракъ Динарэ сымэ) я мурадыр къайхъулIащ. «Мазищым нэблэгъауэ тхьэмахуэ къэс зэ зэхудошэс Сирием къикIыжа ди лъэпкъэгъухэм я щIэблэр. А зэманым къриубыдэу длэжьахэрщ дгъэлъагъуэр. Ди гугъэщ адэкIи ди Iуэхум зедгъэубгъуну. Дыхуейщ зи хэку къекIуэлIэжахэм къищынэмыщIауэ, щытыкIэ гугъум ихуа нэгъуэщI сыт хуэдэ сабийми защIэдгъэкъуэну, я дунейр нэхъ щIэщыгъуэ ящытщIыну», — жиIащ Бэракъ Динарэ.
Сыт атIэ цIыкIухэм я дунейр дахэ зыщIынур?! Сурэтырщ, таурыхъырщ, къафэрщ. А псоми тещIыхьащ «Дыгъэм» и лэжьыгъэр. Сабийхэм я сурэтхэр къагъэсэбэпурэ абыхэм зэхагъэува «Улъэщ-улъэщ?!» мультфильмым цIыкIухэр нэжэгужэу еплъащ, «Хьэтхэр» ансамблым игъасэ сабийхэм джэгу дахэ ягъэлъэгъуащ. Сабий къафэхэм ядэплъагъурт ахэр я лъэпкъ щэнхабзэм зэрыпэгъунэгъур, ар зэрызыхащIэр. НэгъуэщIу жыпIэмэ, джэгур «къызэрыгуэкI джэгутэкъым» зэрыхъуар. ШыкIэпшынауэ Еуаз Зуберрэ «Хьэтхэр» гупымрэ я дэIэпыкъуэгъут зи ныбжьыр илъэси 7 фIэкIа мыхъуа, ауэ пшынэр зыгъэбзэрабзэ Вэрокъуэ Хьэсэн (щIалэ цIыкIур «Хьэтхэр» гупым хэтщ).
«Сабий псысэхэр» Iуэхур зи жэрдэмхэм ягу илъщ гуащэ театри къызэрагъэпэщыну. абы кърашэлIэнущ Сирием къикIыжа ди лъэпкъэгъухэм я бынхэр.
Гъэлъэгъуэныгъэр купщIафIэу, гукъинэжу къызэIуахащ, «Адыгэхэр» щэнхабзэ фондыр сурэтыщI ныбжьыщIэхэм саугъэтхэмкIэ яхуэупсащ. Нэхъыбэу цIыкIухэр зыщыгуфIыкIар адыгэбзэкIэ зэрадзэкIа «Капитан Немо», «Гу зыкIуэцIылъ» мультфильмхэр зытет дискхэрщ.
Сабийхэм я дунейм ухэзышэ гъэлъэгъуэныгъэр мазэкIэ екIуэкIынущ.
БАГЪЭТЫР Луизэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29951.txt"
} |
Санкт-Петербург зэрыщытегъэкIуакъым
Урысей Федерацэм футболымкIэ и япэ дивизионым щекIуэкI зэхьэзэхуэм ипкъ иткIэ «Спартак-Налшыкыр» вэсэпшыхь Санкт-Петербург щыIущIащ щIыпIэ «Динамо»-м. Ар бжыгъэр къызэIуамыхауэ, 0:0-у, иухащ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, 89-нэ дакъикъэм ди щIалэхэм пенальти яхудэгъэкIакъым.
«Спартак-Налшыкымрэ» «Динамо»-мрэ я зэIущIэр зэрекIуэкIам теухуа тхыгъэ ди газетым тетынущ.
Хьэтау Ислъам.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29956.txt"
} |
Мы махуэхэм
Бадзэуэгъуэм и 20, щэбэт
Шахматхэм я дунейпсо махуэщ. 1924 гъэм Дунейпсо шахмат федерацэр (ФИДЕ) къызэрагъэпэщащ.
Фашизмэм и бий бэнэныгъэ ирагъэкIуэкIыурэ хэкIуэдахэм я фэеплъыр щагъэлъапIэ Германием.
1561 гъэм Гуащэнэ чристэн диныр кърагъэщтащ, Марие цIэри фIащащ.
Къэрал, парт лэжьакIуэ Къущхьэ Гъумар къызэралъхурэ илъэс 86-рэ ирокъу.
Сабий усакIуэ АфIэунэ Лиуан къызэралъхурэ илъэс 75-рэ ирокъу.
УсакIуэ, драматург, АР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къуиикъуэ Налбий и ныбжьыр илъэс 75-рэ ирокъу.
Экономист еджагъэшхуэ, Кубанми АР-ми щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, ЩIДАА-м и академик, РАЕН-м, Нью-Йорк Академием хэт ТIрахъуэ Энвер и ныбжьыр илъэс 66-рэ ирокъу.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 23 — 25-рэ, жэщым градус 18 — 19 щыхъунущ.
Бадзэуэгъуэм и 21, тхьэмахуэ
Металлургым и махуэщ
Мали Республикэм парламент хэхыныгъэхэр щокIуэкI.
1829 гъэм адыгэлI Хьэшыр Чылар япэ дыдэу Iуащхьэмахуэ и щыгум къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ дэкIащ.
1969 гъэм Америкэм щыщ астронавт Армстронг Нил Мазэм япэ дыдэу теуващ.
1994 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэрал гербыр, Къэрал ныпыр, Къэрал гимныр къащтащ.
Америкэ тхакIуэ, Нобель саугъэтым и лауреат Хемингуэй Эрнест къызэралъхурэ илъэси 114-рэ ирокъу.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, уэшх тIэкIу къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 24 — 26-рэ, жэщым градус 18 — 21-рэ щыхъунущ.
Бадзэуэгъуэм и 22, блыщхьэ
Москва и уэгур зыхъумахэм я махуэщ. 1941 гъэм бадзэуэгъуэм и 21 — 22 жэщым фашистхэм я кхъухьлъатэхэр Москва япэу къыщхьэщыхьауэ щытащ. Абы жэуап иратауэ щытащ ПВО-м и къарухэм.
Азербайджан Республикэм и лъэпкъ прессэм и махуэщ.
1945 гъэм Къэбэрдей Республикэм и щакIуэ хозяйствэр къызэрагъэпэщащ.
КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, УФ-м и Къэрал саугъэтым и лауреат КIыщокъуэ Алим къызэралъхурэ илъэс 99-рэ ирокъу.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, уэшх тIэкIу къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 23 — 24-рэ, жэщым градус 19 — 20 щыхъунущ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29959.txt"
} |
ГуфIэгъуэкIэ зэхуащIыж
Бадзэуэгъуэм и 17-м гуфIэгъуэ щытыкIэм иту Къэзан щызэхуащIыжащ ХХVII Дунейпсо гъэмахуэ Универсиадэр.
Къэрали 170-м къикIа спортсмен мин 13,5-м щIигъу къызрихьэлIа студентхэм я зэпеуэр Урысей Федерацэм и спортсменхэм я ехъулIэныгъэ инкIэ иухащ. Зэи зыщIыпIи къыщымыхъуауэ ди щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ медаль 292-рэ зыIэрагъэхьащ. Абыхэм ящыщу 155-р дыщэщ, 75-р дыжьынщ, 62-р жэзщ.
Къэзан иратыкIа телерепортажхэмкIэ дуней псом ирагъэлъэгъуащ Тэтэрстаным и къалащхьэм мы Iуэхугъуэм екIуу зэрызыхуигъэхьэзырар икIи ныкъусаныгъэншэу зэхьэзэхуэхэр зэрыригъэкIуэкIар. Пэжщ, хьэщIэхэм я жагъуэ хъуауэ къыщIэкIынщ медалхэм я нэхъыбэр хэгъэрейхэм «зэрызыкIэщIаупщIэжар». Ауэ абыи щхьэусыгъуэ иIэщ. Япэрауэ, ди спортсмен студентхэм хуабжьу егугъуу загъэхьэзыращ. ЕтIуанэрауэ, Къэзан щекIуэкIа ХХVII Дунейпсо гъэмахуэ Универсиадэм ди къэралым щынэхъыфI дыдэхэр кърашэлIэну яхузэфIэкIащ. ЖыпIэну урикъунщ Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам Олимп чемпиону 25-рэ, спортым щIыхь зиIэ и мастеру 105-рэ, дунейпсо класс зиIэ мастеру 313-рэ зэрыхэтар. Абыхэм адрейхэр къызэрыдамыгъэплъар щIэбгъэщIэгъуэни щыIэкъым.
ХХVII Дунейпсо гъэмахуэ Универсиадэр щызэхуащIыжащ а Iуэхугъуэшхуэм папщIэ яухуа «Къэзан Арена» стадион телъыджэм. Абы изу цIыху минипщIхэр исащ. Къэрали 105-м я телевизореплъ мелуанхэми а дауэдапщэ удэзыхьэхыр сыхьэтиплIкIэ я нэгу щIэкIащ.
Урысей Федерацэм и Правительствэм и УнафэщI Медведев Дмитрий псалъэ гуапэхэмкIэ зэхьэзэхуэм кърихьэлIа псоми захуигъэзащ. Пщыхьэщхьэр нэхъри гукъинэж ящIащ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэхэм я зыкъэгъэлъэгъуэныгъэмрэ уафэр дакъикъэ зыбжанэкIэ зэщIэзыгъэбла хьэрэкIытIэ зэмыфэгъухэмрэ. Куэдым я нэпсыр къафIекIуат.
Жыласэ Заурбэч.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29961.txt"
} |
КIыщокъуэ Алим и махуэ
2013 гъэм бадзэуэгъуэм и 22-м КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, УФ-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь КIыщокъуэ Алим Пщымахуэ и къуэм и фэеплъым удз гъэгъахэр тралъхьэнущ, ар къызэралъхурэ илъэс 99-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ. КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм, ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм, Налшык къалэ администрацэм я жэрдэмкIэ илъэс къэс ирагъэкIуэкI мы Iуэхум хэтынущ щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я лэжьакIуэхэр, КъБР-м и ТхакIуэхэм я союзым хэтхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр.
ЩыщIидзэнур сыхьэти 10-рщ.
КъБР-м ЦIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министерствэ.
КIыщокъуэ Алим теухуа тхыгъэхэр ди газетым и къыкIэлъыкIуэ номерым тетынущ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29964.txt"
} |
Нало Заур зэи тщыгъупщэнукъым
ЩIэныгъэлI цIэрыIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ гъуэзэджэ, кавказ филологиемрэ этнокультурологиемрэ куэд хэзылэжьыхьа IэщIагъэлIхэм ящыщ зы, Абхъаз Республикэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ Нало Заур псэужамэ, илъэс 85-рэ ирикъунут.
Налом и гъащIэмрэ и гуащIэмрэ хухэтхащ нобэрей къыдэкIыгъуэм щIыгъу газет щхьэхуэр. Абы фыкъыщеджэ илъэс ипэ дунейм ехыжа щIэныгъэлIым, адыгэ лъэпкъым и къуэ пажэм теухуа фэеплъ гукъэкIыжхэм, езы Заур и тхыгъэхэм щыщхэм.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29967.txt"
} |
Зэныбжьэгъугъэр ягъэбыдэ
КъБР-м и Парламентым и ЩIалэгъуалэ палатэм иджыблагъэ къыхуеблэгъащ Осетие Ищхъэрэм и ЩIалэгъуалэ парламентым и лIыкIуэхэр.
ХьэщIэхэмрэ бысымхэмрэ.
Куэд щIауэ зэрыщIэу, зэрыцIыхуу, уеблэмэ зэныбжьэгъуу къыздекIуэкI щIалэгъуалэр иджы нэхъ гъунэгъужу, зэпэIэбэу зэдэлэжьэнущ. ЗэIущIэм и къалэн нэхъыщхьэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и ЩIалэгъуалэ парламентымрэ Осетие Ищхъэрэм еймрэ зэрызэдэлэжьэн зэгурыIуэныгъэ зэращIылIэнырт.
КъБР-м и ЩIалэгъуалэ парламентым и Iэтащхьэ Джаппуев Мусса зэIущIэр къы- зэIуихри псалъэ иритащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Чеченов Ануар. ХьэщIэ ныбжьыщIэхэм фIэхъус ярихри, Чеченовым жиIащ щIэблэм зэдэлэжьэн мурад зэраIэм хуабжьу зэрыщыгуфIыкIар.
— Акъыл зэхэдзэ пщIыну зэи зэранкъым. Дэ ди лъэпкъхэр ижь-ижьыж лъандэрэ зэныбжьэгъуу, къуэшыгъэ я зэхуаку дэлъу къогъуэгурыкIуэ. Си щхьэкIэ, Осетие Ищхъэрэм и Парламентым и депутатхэр псори соцIыху жысIэмэ, пцIы супсыну къыщIэкIынкъым. Зыр зым дыдэIэпыкъужу, ди Iуэху нэхъыфI зэрыхъун яужь дитыпхъэщ, — жиIащ Чеченовым.
АдэкIэ спикерым и гугъу ищIащ КъБР-м и ЩIалэгъуалэ парламентым арэзы укъищIу зэрылажьэм. Я Iуэху еплъыкIэр, хэкIыпIэу ялъагъур мышынэу къэзыгъэлъагъуэ, зи жэрдэмыр утыку къизыхьэф куэд зэрахэтым хуабжьу зэрыщыгуфIыкIри къыхигъэщащ Чеченовым. ЩIалэгъуалэм гулъытэ лей хуащIу, ахэр IуэхуфIхэм трагъэгушхуэу зэрыщытым и нэщэнэу, унафэщIым жиIащ паспорт япэу зратыну ныбжьыщIэхэр, зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэм къыщыхэжаныкIахэр я деж кърагъэблагъэурэ зэрагъэлъапIэр.
ЩIалэгъуалэ палатэм хэтхэм зэфIигъэкIхэм я гугъу щищIым, КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым жиIащ абыхэм псапэ зыпылъ лэжьыгъэ зэращIэр, Кавказ Ищхъэрэм фIыуэ къыщыхъур Интернетым илъхьэнымкIэ Iуэху куэд зэрызэфIагъэкIыр.
АдэкIэ Чеченов Ануар Осетие Ищхъэрэм и щIалэгъуалэр щигъэгъуэзащ КъБР-м и хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм и лэжьэкIэм.
КъБР-м и Парламентым егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и комитетым и унафэщI Дадэ МуIэед къыщыпсалъэм жиIащ куэд щIауэ къуэш пэлъытэу зэхущыт лъэпкъитIым я зэпыщIэныгъэр нэхъ быдэ ящIын мурадкIэ щIалэгъуалэм ящIа жэрдэмыр зэрадиIыгъыр.
— Къулыкъур цIыхухэм я гъащIэр нэхъыфI зэрыпщIын Iэмалщи, ар къывгурыIуэрэ фэ къыфщыгугъ дэтхэнэри зэхэфщIыкIыу, фыкъызыхэкIа лъэпкъым и Iуэху дэвгъэкIыфу фылэжьэну сыхуейщ. ГукъэкI дахэхэм, IуэхуфI- хэм фахуэмыщхьэх, — къыху- риджащ набжьыщIэхэр Дадэм.
ХьэщIэхэм псалъэ щратым, Осетие Ищхъэрэм и ЩIалэгъуалэ парламентым и Iэтащхьэ Сагеев Тимур бысымхэм фIыщIэшхуэ яхуищIащ гуапэу къызэрырагъэблэгъам папщIэ.
— Пэжщ, IуэрыIуэтэж мыхъуу, дэ ди щхьэкIэ дгъэунэхуащ, ди нэкIэ тлъэгъуащ къуэш пэлъытэу, щIыбагъ быдэу фыкъызэрыткъуэтыр. ДыкъызыхэкIа лъэпкъым къыбгъэдэкIыу иджыри зэ фIыщIэ фхудощI 2008 гъэм ди республикэм къытепсыха гуауэшхуэр къызэрыддэвгуэшам щхьэкIэ, — жиIащ Тимур. Абы къихигъэщащ республикитIыр сэбэп зэрызэхуэхъуфын Iуэху куэд зэрыщыIэр. Сагеевым и гуапэу жиIащ КъБР-м и ЩIалэгъуалэ палатэм хэтхэр Осетие Ищхъэрэм зэрыригъэблагъэр.
ЩIалэгъуалэ парламентым хэтхэр къэпсэлъа нэужь, зэIущIэр щIызэхуашэса щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэм — республикитIыр нэхъри зэпэгъунэгъу зыщIыну зыщыгугъ зэгурыIуэныгъэм — Сагеев Тимуррэ Джаппуев Муссарэ, Iэ щIадзащ.
Щомахуэ Залинэ.
Сурэтыр Холлаевэ
Марзият трихащ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29971.txt"
} |
Куэд зэрызэфIигъэкIым папщIэ
Къанокъуэ Арсен дамыгъэ лъапIэ къыхуагъэфэщащ «къэралыр хъумэн IуэхущIапIэхэм зэрадэлажьэм зегъэужьыным хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуищIым папщIэ».
«За боевое содружество» медалымрэ абы и тхылъымрэ республикэм и Iэтащхьэм КъБР-м терроризмэм пэщIэтынымкIэ и комиссэм и зи чэзу зэIущIэр щекIуэкIым къыщритащ Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщалъхуа, Урысей Федерацэм ХъумэныгъэмкIэ и федеральнэ IуэхущIапIэм Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щиIэ къудамэм связь щхьэхуэмрэ хъыбархэмкIэ и управленэм и унафэщI Рябко Николай.
Генералым ягу къигъэкIыжащ Къэбэрдей-Балъкъэрым правительствэ связь къызэрыщызэрагъэпэщрэ илъэс 70 зэрырикъум теухуа гуфIэгъуэ Iуэхухэр республикэм иджыблагъэ зэрыщагъэлъэпIар. «УФ-м и ФСО-м Связь щхьэхуэмрэ хъыбархэмрэкIэ и центрым и къудамэу КъБР-м щыIэм сыт и лъэныкъуэкIи махуэ къэс щIэгъэкъуэн узэрыхуэхъур къилъытэри, сэ армэм и генерал, УФ-м и ФСО-м и унафэщI Муров Евгений къалэн къысщищIащ мы медалыр уэстыну», — жиIащ Рябко Николай.
«Фи унафэщIхэм фIыщIэ зэрахуэсщIыр схуажепIэжыну сынолъэIу си лэжьыгъэм апхуэдиз пщIэ къызэрыхуащIам папщIэ. Ар я фIыщIэщ Къэбэрдей-Балъкъэрым зиужьыным хуэлажьэ псоми», — жэуап иритыжащ Къанокъуэ Арсен.
АБАЗЭ Бэллэ.
КъБР-м и Iэтащхьэмрэ
Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29974.txt"
} |
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщIым и къуэдзэм — Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Администрацэм къэрал кIуэцI политикэмкIэ и къудамэм и унафэщIым и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и
Указ
1. Джатэ Руслан Хьэшым и къуэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Администрацэм и УнафэщIым и къуэдзэу — Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Администрацэм къэрал кIуэцI политикэмкIэ и къудамэм и унафэщIу гъэувын.
2. Мы Указым къару егъуэт Iэ щыщIэдза махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен
Налшык къалэ
2013 гъэм бадзэуэгъуэм и 17-м
№108-УГ
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29977.txt"
} |
Нэгузыужьщ икIи щхьэпагъ пылъщ
Аруан районым и курыт школхэм щылажьэ лагерхэм зыщагъэпсэхуащ икIи я узыншагъэр щрагъэфIэкIуэжащ унагъуэшхуэхэмрэ хуэмыщIахэмрэ къахэкIа сабии 145-м.
Школхэм щыIэ лагерхэм я лэжьыгъэр программэ щхьэхуэм тету убзыхуащ. Абы къыщылъытащ сабийхэм я Iэпкълъэпкъым, я акъылым сыт и лъэныкъуэкIи зегъэужьыным хуэунэтIа щытыкIэ тэмэмхэр къахузэгъэпэщыныр. Абыхэм зыщызыгъэпсэхуахэм зэрыжаIэмкIэ, а лъэхъэнэр гуапэу ягу къинэжащ. Сабийхэм ягу ирихьар ерыскъы щIэщыгъуэхэмкIэ зэрагъэшхам и закъуэкъым, атIэ я къэухьым зезыгъэужь куэд къызэращIари республикэм и нэгузыужь щIыпIэхэм зэрашари къыхагъэщ.
Лагерхэр щылажьэ Нарткъалэ дэт лицейм, Старэ Шэрэдж, Аруан къуажэхэм щыIэ курыт школхэм я унафэщIхэм гулъытэ нэхъ зыхуащIар я деж зыщызыгъэпсэху сабийхэм нэгузыужь Iуэхугъуэ нэхъыбэ къахузэгъэпэщынырщ. Сабийхэм гукъинэж ящыхъуащ Налшык дэт сату нэгузегъэужь IуэхущIапIэ инхэм щалъэгъуа псори.
Апхуэдэу гъащIэм къахуэщхьэпэн Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэми щыгъуазэ ящIащ цIыкIухэр. Ахэр щыIащ автомобиль къалэ цIыкIум икIи езыхэм машинэ къехуэкIыкIэ зэращIэми еплъыжащ, гъуэгум зэрыщызекIуэ хабзэхэр зэращIэри ягъэунэхуащ.
МафIэсгъэункIыфI IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэм я хьэщIэ ныбжьыщIэхэм ирагъэлъэгъуащ я IэщIагъэм зэрыхуэIэкIуэлъакIуэр, мафIэсым къишэ шынагъуэр зыхуэдэри абы зэрызыщыпхъумэфынури гурагъэIуащ.
Сабийхэм я зэфIэкIыр щагъэлъэгъуащ «Мэз Iувхэм я джэ макъ», «Парикмахер Iэзэ», «Лагерым и къэфакIуэ нэхъыфI», «Нэхъ хахуэр», «КъарууфIэхэр, IэкIуэлъакIуэхэр, лIыхъужьхэр» зэпеуэ зэхуэмыдэхэм. Лагерым щылэжьа макъамэ, художественнэ гупжьейхэм наIуэ къащIащ ныбжьыщIэхэм ябгъэдэлъ зэчийр зыхуэдэр.
Сокъур Риммэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29980.txt"
} |
ХъыбарыщIэхэм фызэрыкIэлъыплъыну Iэмал
КъБР-м цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министерствэм къигъэIурыщIащ иужьрей зэманым сурэтхэмрэ хъыбарыщIэхэмрэ куэду щызэхуахьэс хъуа «Instagram» микроблогингымрэ «Twitter» сайтымрэ. Министерствэм и IуэхущIафэхэр зыхуэдэр иджырей зэманым декIу а IэмалымкIэ цIыхухэм къащIэфынущ.
КъБР-м цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министерствэм и напэкIуэцIхэр зи гугъу тщIа сайтхэм къыщыбгъуэтыфынущ мы адресхэмкIэ: https://twitter.com/MinSMI_KBR, http://instagram.com/minsmi_kbr.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, министерствэм и напэкIуэцI щIэх-щIэхыурэ къагъэщIэращIэхэр къыщывгъуэтынущ: КъБР-м и Правительствэм и порталым (http://www.pravitelstvokbr.ru/k-br/kbr-main.nsf/html/MSMI), КъБР-м и хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэм и порталым (http:// www.smikbr.ru/index. php), социальнэ сетхэм — «ВКонтакте» (https://vk.com/minsmikbr), «Facebook» (http://www.facebook.com/MinSMIKBR), «Одноклассники» (http://odnoklassniki. ru/group/52825011912813), «Живой журнал» (http://minsmi-kbr.livejournal.com/).
КъБР-м ЦIыхубэ
хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ,
жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и
министерствэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29983.txt"
} |
Пенальтир яхудэгъэкIатэмэ…
«Динамо» (Санкт-Петербург) — «Спартак-Налшык» (Налшык) — 0:0. Санкт-Петербург. «Петровский» стадион. Бадзэуэгъуэм и 18-м. ЦIыху 800 еплъащ.
Судьяхэр: Москалев (Воронеж), Сафьян, Коржевский (тIури Мэзкуу щыщщ).
«Динамо»: Самохвалов, Васильев (Сурков, 62), Кудинов, Костин, Гиголаев, Кирсанов, Мельник (Маркелов, 82), Федоров, Егоров, Сушкин (Акимов, 85), Ильин.
«Спартак-Налшык»: Цыган, Засеев, Овсиенкэ, Тимошин (Джудович, 67), Гарбуз, Коронов, Чеботару, Руа, Аверьянов, Сирадзе (Гуэщокъуэ, 68), Медведев.
Дагъуэ хуащIащ Аверьяновым, Овсиенкэ, Васильевым, Медведевым, Самохваловым, Гиголаевым.
89-нэ дакъикъэм Короновым пенальти худэгъэкIакъым.
Коронов Игорь (24) пенальти йоуэ. Урысей Федерацэм футболымкIэ и япэ дивизионым 2013 — 2014 гъэхэм щекIуэкI зэхьэзэхуэм ипкъ иткIэ, зи чэзу, ещанэ, джэгугъуэм хиубыдэу «Спартак-Налшыкыр» Санкт-Петербург кIуат, и очко бжыгъэм хигъэхъуэну мурад быдэ иIэу. АрщхьэкIэ мыгъэрей зэпеуэм и пэ къихуэу «Петротрест» цIэр «Динамо»-кIэ зыхъуэжа гупри адэкIэ къикIуэт хъунутэкъым. Абыхэм пэщIэдзэ зэIущIитIыр ирагъэхьэхуати, ещанэр къыхуагъэгъунутэкъым. А псоми къыхэкIыу джэгур хуабжьу хьэлэмэт хъуащ.
Дауи, хэгъэрейхэм ебгъэрыкIуэныгъэ лъэщкIэ къыщIадзащ. Абыхэм я мурадащ я хьэрхуэрэгъу цIэрыIуэр занщIэу ирагъэкIуэтыну. ИкIи зыкъомкIэ ар яхузэфIэкIащ. Зэман пыухыкIа текIуэдащ «Спартак-Налшыкым» «Динамо»-р къызэтригъэувыIэу езыр япэкIэ кIуэтэным.
Апхуэдэу, зым и ебгъэрыкIуэныгъэм адрейм жэуап къритыжу, лъэныкъуэхэр зэпэщIэтащ. Абы щыгъуэми хэгъэрейхэми хьэщIэхэми бжыгъэр къызэ-Iуахыну Iэмал хъарзынэхэр яIащ. АрщхьэкIэ, Iуэхур топ дэгъэкIыным зэрынэсу, псори къызэтекъутэжырт.
ЗэпэщIэтхэм джэгум къыщыхэжаныкIыну щахузэфIэмыкIым, Воронеж щыщ судьям «защIигъэкъуэну» мурад ищIащ. ЗэIущIэр иухыным зы дакъикъэ фIэкIа имыIэжу, Гуэщокъуэ Арсен ираудащ. метр пщыкIузым и деж щыту топыр дагъэкIыну судьям ди щIалэхэм Iэмал яритащ. Ар хузэфIэкIатэмэ, «Спартак-Налшыкым» текIуэныгъэр зэриIэрылъхьэм шэч хэлътэкъым.
А Iуэху хьэлъэр икIи жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъыр игъэзэщIэну дзыхь хуащIащ ди командэм зэпеуэ блэкIам текIуэныгъэ зыбжанэ къыхуэзыхьа Коронов Игорь. ЕлIэлIапэурэ абы топыр метр пщыкIузым и деж щигъэтIылъащ. Зричщ, и къару къызэрихькIэ еуэри… Топыр гъуащхьэм техуэри, къэлъеижащ.
КъыкIэлъыкIуэу Аверьяновыр и закъуэ дыдэу «Динамо»-м и гъуащхьэтетым бгъэдыхьащ. АрщхьэкIэ ари къыхэжаныкIыфакъым.
Сыт пщIэн, апхуэдэуи къохъу. «Спартак-Налшыкым» IэщIэкIащ текIуэныгъэ къызэрихьыфыну Iэмал гъуэзэджэхэр. Адрейхэм и насып нэхъ къыщикIыну дыщыгугъынщ.
Абы щыгъуэми япэ дивизионым щекIуэкI зэхьэзэхуэм Тулэ и «Арсенал»-м бжьыпэр щиубыдащ. МазитI и пэкIэ етIуанэ дивизионым къыхэкIа Аленичев Дмитрий и гъэсэнхэр зэпеуэм и япэ джэгугъуищми щытекIуащ, тIум нэгъуэщI стадионхэм щыджэгуу. Иджы «Арсенал»-м Красноярск щыхигъэщIащ щIыпIэ «Енисей»-р.
ДжэгугъуитIым я ужькIэ пашэныгъэр зыIыгъа «Мордовия»-м Саранск зэрибгынэу ар IэщIэкIащ. Абы «Сибирь»-р бжыгъэшхуэкIэ Новосибирск къыщефIэкIащ.
Иджы фыщыдгъэгъуэзэнщ япэ дивизионым хэт командэхэм иужьу ирагъэкIуэкIа зэIущIэхэм къарикIуа бжыгъэхэм. Мис ахэр: «Сибирь» (Новосибирск) — «Мордовия» (Саранск) — 4:2, «Енисей» (Красноярск) — «Арсенал» (Тулэ) — 1:3, «СКА-Энергия» (Хабаровск) — «Торпедо» (Мэзкуу) — 0:0, «Шинник» (Ярославль) — «Салют» (Белгород) — 0:0, «Химик» (Дзержинск) — «Луч-Энергия» (Владивосток) — 1:0, «Нефтехимик» (Нижнекамск) — «Алания» (Владикавказ) — 1:2, «Уфа» (Уфа) — «Балтика» (Калининград) — 3:2, «Газовик» (Оренбург) — «Ротор» (Волгоград) — 0:0.
КъыкIэлъыкIуэ джэгугъуэр «Спартак-Налшыкым» и стадионым щригъэкIуэкIынущ. Бадзэуэгъуэм и 23-м абы къригъэблэгъэнущ Владикавказ и «Алания»-р.
Жыласэ Заурбэч.
ЗэIущIэ нэужьым
Шыпш Тимур, «Спартак-Налшыкым» и тренер нэхъыщхьэ: Апхуэдэуи къохъу
— КъыкъуэкIа Iэмалхэр къэдгъэсэбэпакъым, абы щыгъуэми топ къытхудагъэкIыным зымащIэщ иIэжар. Джэгум кърикIуа бжыгъэмкIэ, дауи, сыарэзыкъым.
Короновым худэмыгъэкIа пенальтим и гугъу пщIымэ, хэти апхуэдэу къыщыщIыфынущ. Псалъэм къыдэкIуэу жысIэнщи, сщыгъупщэжащ иужьу пенальти дыщрагъэуар. Абы къыхэкIыу ар хэт игъэзэщIэнуми дубзыхуатэкъым. Зыри шынагъуэ къэхъуакъым, къыкIэлъыкIуэм топ щыдэдгъэкIынщ.
Журавлев Борис, «Динамо»-м и тренер нэхъыщхьэ: Хуабжьу дыхуэныкъуэт
— Хуабжьу дызыхуэныкъуэ очко къэдлэжьащ. Ди къарур здынэсыр зэхэкIын пап-щIэ абы мыхьэнэшхуэ иIэщ. Иджы топ дэдгъэкIыу зедгъэсэжатэмэ, ипэкIэ дыкIуэтэнут. Гъуащхьауэ Iэзэ Акимовыр къызэрытхыхьам а гугъуехьыр тщхьэщихыну дыпоплъэ.
Пенальтим теухуауэ сыт жысIэфынур? Сэ апхуэдэ хуитыныгъэ сиIэкъым.
Хьэтау Ислъам.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29986.txt"
} |
ГъащIэ узыншэм и телъхьэхэр
КъБР-м ЦIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министерствэм и лэжьакIуэхэм я узыншагъэр ирагъэфIэкIуэну мурад ящIри, министр Къумахуэ Мухьэдин я гъусэу ХьэтIохъущокъуэм и цIэр зезыхьэ жыг хадэм Iэпкълъэпкъыр зэщIэгъэкIыным хуэунэтIауэ ирагъэкIуэкI Iуэхугъуэхэм хэтащ.
КъуэщIысокъуэ Александр
ЦIыхур псэукIэ узыншэм къыхуезыджэ «Стимул» щIыналъэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщI, КъБКъУ-м щIэныгъэхэм щыхагъахъуэ и факультетым и декан, физиолог, геронтолог КъуэщIысокъуэ Александр и нэIэм щIэту я Iэпкълъэпкъым зрагъэукъуэдиящ балигъхэми сабийхэми. Абы кърихьэлIащ апхуэдэ Iуэхугъуэхэм япэу хыхьахэри пщэдджыжькIэрэ къэжыхьыныр хабзэ зыхуэхъуахэри.
Iэпкълъэпкъым зегъэукъуэдииным сыхьэт ныкъуэ текIуадэу аращ, дэтхэнэми ар и закъуи ищIыфынущ, нэхъыщхьэращи, абы и ужь махуэ псом гукъыдэжыр уи Iэпэгъуу щытынущ.
КъБР-м цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министерствэм и лэжьакIуэхэм я щапхъэм гупыж зыщI дэтхэнэри ирикIуэфынущ, махуэку къэс сыхьэти 7-м ПащIэ Бэчмырзэрэ Мечиев Кязымрэ я фэеплъхэу ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм итхэм деж екIуалIэмэ.
Пщыгъуэш Iэсият.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29991.txt"
} |
Зи усэхэмкIэ сабийхэр ягъасэ, ягъэIущ
ТхакIуэ цIэрыIуэ АфIэунэ Лиуан къызэралъхурэ илъэс 75-рэ ирокъу
АфIэунэ Лиуан Алий и къуэр Бахъсэн районым хыхьэ Къулъкъужын Ипщэ къуажэм 1938 гъэм бадзэуэгъуэм и 20-м къыщалъхуащ. 1946 гъэм курыт школым щIэтIысхьэри илъэсибл классыр къиухащ. 1957 — 1960 гъэхэм дзэм къулыкъу щищIащ. 1960 гъэм «Къэббалъкъпромстрой» трестым зэрыщылажьэм хуэдэурэ 10-нэ классри къиухыжащ. ИужькIэ Тырныауз дэт вольфрам-молибден комбинатым Налшык щиIэ базэм щылэжьащ.
И лэжьыгъэкIэ литературэм пэжыжьэу щытами, Лиуан итха сабий усэхэр усакIуэ нэсым и IэдакъэщIэкIщ.
ЦIыкIухэм усэбзэкIэ зэрепсэлъэфым къыдэкIуэу, Лиуан сабийхэм я зэхэщIыкIым хегъахъуэ, дунейм и плъыфэ зэхэухуэнахэм хегъаплъэ. Аращ абы и усэ цIыкIухэр сабийхэм щIапхъуэтар, я псэми я бзэми щIыпэгъунэгъур. Лиуан и усэхэр гуапагъэкIэ гъэнщIащ, псэгъэгуфIэ дахагъи яхэлъщ.
АфIэунэ Лиуан Тхылъ зыбжанэ къыдигъэкIащ АфIэунэ Лиуан, сурэтыщIхэм щхъуэкIэплъыкIэу ягъэщIэрэщIауэ. Апхуэдэ-хэщ «Къэрабэ» (1976), «Дадэ и сурэт» (1983), «НэщIэпкIэ» (1990), «Псынэ цIыкIу» (1993), «Усыгъэхэр» (1998) усэ тхылъхэр. КъищынэмыщIауэ, и усэ нэхъыфIхэм уащыхуозэ «Азбукэм», курыт школым и класс нэхъыщIэхэм анэдэлъхубзэр зэрыщрагъэдж, «Адыгэ сабий литературэ» тхылъхэм, «Ва- гъуэбж» сборникым, сабий садхэм папщIэ зэхалъхьа программэхэм.
Тыгъэ хьэлэмэтхэр цIыкIухэм къахуэзыгъэна
Къыргъыз тхакIуэшхуэ Айтматов Чингиз и роман «Буранный полустанок» зыфIищам мыпхуэдэ миф итщ. Жуанжуанхэр Азие Курытым щыпсэу лъэпкъ цIыкIу гуэрым къытоуэри хэкур яхъунщIэ. ЗауэфI щыIэкъым: жуанжуанхэм лейуэ зэрахьам я нэхъ Iей дыдэу цIыхум я гум мыпхуэдэ хьэкIэкхъуэкIагъэр къонэ. ЗэрыпхъуакIуэхэм зытекIуа лъэпкъым нэхъ щIалэ Iэчлъэчхэр къыхачырт, ахэр Iэпхлъэпх ящIырти къумым къранэрт. Абыхэм я щхьэм фIэкъуа шхуэл цIынэр къурэу зэпрыгъукIырт. Махуэ зытхух дэкIа нэужь жуанжуанхэм къагъэзэжырти, лIар-лIащ псэууэ къэнам я щхьэр ятIэтэжырт. Псэ яIуту къызэтена щхьэкIэ, абыхэм езыхэр зыщыщи, къызыхэкIаи, я ади, я ани къахуэцIыхужынутэкъым. Апхуэдэ лей зылъыса, къэзылъхуаи къыдалъхуаи зымыцIыхуж щIалэхэм зэреджэу щытар манкуртт.
Бзаджагъэр, цIыхугъэншагъэр, тхьэмыщкIагъэр зыр зым къилъхуж щхьэусыгъуэу щызэпхащ Айтматовым и романым хэт миф гъэщIэгъуэным. Мифыр таурыхъщ. Ауэ мы мифым зи гугъу ищI манкуртым и «Iыхьлы» гъащIэм дыщримыхьэлIэу щытамэ, езы мифри апхуэдэу щIэщыгъуэ, гъэщIэгъуэн къытщымыхъункIи хъунт.
Манкурт щэнщ укъыщалъхуа хэкум, укъызыхэкIа лъэпкъым и тхыдэм, и щэнхабзэм, и бзэм псэкIэ ухуэхамэу дунейм утетыныр. КъытщIэхъуэ щIэблэр мис абыхэм хуэхамэ мыхъуныр, дауи, ди сабий литературэм и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщ зыщ.
Дэ сабий IуэрыIуатэ къулей диIэщ: уэрэдхэр, усэхэр, таурыхъхэр, къебжэкIхэр, къуажэхьхэр, псынщIэрыпсалъэхэр. Ауэ ди нобэрей сабий литературэр къулейуэ жыпIэныр пасэщ, тхылъеджэ цIыкIухэмрэ цIыкIунитIэхэмрэ нэхъ зыхуеину тхылъу дунейм къытехьэм гулъытэ нэхъыбэ хуэщIын щIыхуейри гурыIуэгъуэщ.
АфIэунэ Лиуан и сабий тхылъхэм уащытхъукIэ емыкIу къэпхьынукъым. Лиуан цIыкIу-хэм усэбзэкIэ зэрепсэлъэн зэчиишхуэ бгъэдэлъащ. И усэ нэхъыфIхэр уащIытеукIытыхьын ябгъэдэмылъу хуэхьэзырщ зи школ щIэтIысхьэгъуэ нэмыса цIыкIухэми пэщIэдзэ классхэм щеджэхэми гукIэ зребгъэгъэщIэну.
Адыгэ тхакIуэхэм цIыкIухэм папщIэ зыгуэр зымытха е итхыну зи мымурад къытхэткъым, ауэ АфIэунэм хуэдэу сабийхэм епсэлъэфа, мы дунейр зэрытелъыджэр, сабиигъуэр таурыхъым и хьэуакIэ зэрыбауэр, псэущхьэхэми псэ зэраIутыр, абы я псэми хуэсакъын зэрыхуейр цIыкIухэм яжезыIэфа усакIуэ дэ диIэу сыщыгъуазэкъым.
Псом япэу гу зылъыптэр мыращ: Лиуан и усэхэм я нэхъыбэр сабийм зыкъыпхуигъэзауэ усэкIэ къопсалъэ хуэдэу тхащ. АпхуэдизкIэ «тыншу» тхащи, хэлъышхуэ щымыIэ хуэдэуи къыпщыхъунущ зэ еджэгъуэкIэ. АрщхьэкIэ сабий ухъужынуи тынш? Гугъущ, дауи, апхуэдэ усэ птхынри. Сабийм и гум и хуабэр, и дуней еплъыкIэр, и псэлъэкIэр хуэхъумэу цIыху балигъхэм къахэнар дапщэ? Сабийм я Iуэху еплъыкIэр, дунейр зэрызыхащIэ щIыкIэр гукъинэжу, гъэхуауэ къызэриIуэтэн анэдэлъхубзэ зыIурылъри куэд хъурэ?
Лиуан и усэхэм хэт сабийм мыпхуэдэу захуегъазэ псэущхьэхэм.
Бзум:
Току зэрыкIуэ кIапсэм,
КхъыIэ, фытемыс.
Си шэнт лъахъшэ цIыкIум,
ИIэт, фыкъэтIыс.
ТхьэкIумэкIыхьым:
Зэ къэувыIэ,
Нэхъ хуэм зыщI,
УмэжалIэм, умыбзыщI.
Умышынэ, умыукIытэ,
Ди хьэмыщи ублэсшынщ.
ЗыбгъэнщIыхукIэ
Пхъы, къэбыстэ
Ди деж къакIуи
Уэзгъэшхынщ.
ШкIащIэм:
КIышэ, кIышэ,
Си кIэбышэ,
Си лъэбыцэ
Быцэ цIыкIу,
УщIэбур сыт апхуэдизрэ,
Си нэIуцэ,
Iуцэ цIыкIу…
Усэм хэт сабийр шкIэм зэрепсалъэ щIыкIэм ущыщIэ- дэIукIэ, сабийр къыдалъхуа гуэр дэуэршэру, абы и гур фIы хуищIыныр езым дежкIэ насыпу къилъытэжу зыхыбощIэ.
Мы усэхэми нэгъуэщI щапхъэ куэдми гу щылъыботэ: IуэрыIуатэм и акъужь къабзэм иробауэ Гъубжокъуэм и поэзиер. Лиуан ижьымкIэ мэIэбэри Iэмал къегъуэт, сэмэгумкIэ мэIэбэри а Iэмалыр ирегъэфIакIуэ, усэр сабийм и псэм дыхьэн хуэдэу ипсыхьын папщIэ. ИкIи ар гъуэзэджэу хузэфIокI.
МыкIуэщIыж гуапагъэкIэ, хуабагъэкIэ, гущIэгъукIэ гъэнщIащ АфIэунэм и усэхэр. Санэмрэ жызумымрэ зопсалъэри, жызумей пагэм санэр еущий нэхъ лъагэу дэкIеину. Санэм и жэуапыр мыращ:
«Хьэуэ, хьэуэ, жызумей,
Сабий цIыкIухэр
зэзгъэхъуапсэу
Ин сыхъуну сыхуэмей».
Сабийм бгъэдэзмылъхьэн инагъ, беягъ сыту сщIын сэ жыхуиIэщ санэм. Уегупсысыпэмэ, хэт апхуэдэу жызыIэфынур? Санэра? Анэра? Адэра? Щхьэхуещагъэр зэрымыфIым теухуауэ усэуи, рассказуи, статьяуи сыт хуэдиз ухуейми бгъуэтынущ. АрщхьэкIэ АфIэунэм хуэдэу кIэщIу икIи дахэу цIыкIухэм ар яжезыIэфыр зырызыххэщ. Мис «Шылъэгу» зыфIища усэ цIыкIур.
Зым и уни ар щIэмыхьэ,
КъэкIухьынкIи
лъэрымыхьщ.
Зы псэущхьи ящIэмыхьэ,
Зыми хъуркъым
фIэгуэныхь.
Жыжьэ дыдэ умыIэбэжуи ди литературэм усэ куэд къыхэбгъуэтэфынущ я сатырхэр плакатым къытратхыкIам хуэдэу «занщIабзэу», итIани гум емыхуэбылIэу, «Умыщхьэх, уемышу лажьэ, япэкIэ бакъуэ, щIалэфIу дунейм тет» жыхуиIэ ущие гъущэхэмкIэ зэщIэузэдауэ. Ущие гъущэр къызытекIуа сабий усэм поэзие, дахагъэ ущIыщылъыхъуэжын щыIэкъым. АрщхьэкIэ поэзием и къэуат зылъэIэса ущиери псэм щIэщыгъуэу пIэпихыу къыщIокI мис мы «Бабыщ шыр» усэм хуэдэу:
Щимэ, щимэ,
Лъабэ щимэ —
Лъэпхъуамбищ.
ЗыгъэпскIакIуэ докIуэ
Псыхъуэм,
Уэри накIуэ,
Дяпэ нищ.
— Хьэуэ, хьэуэ,
Сыт а жыфIэр?
Сыздэфшэну фыхэмыт.
Бабыщ «мамэ» си мыгъусэу
СынэкIуэну сыхуимыт.
Лиуан и усэхэм хэлъ ущиер Iэдэб, сакъ, Iэ щабэ-Iущабэ зыщIыр а ущием и щIыбагъ къыдэт гущIэгъур, поэзиер къэзыгъэщI цIыхугъэ дахэр аращ. Мис абы и щапхъэ гъуэзэджэщ «Аргъуей» усэр:
Лъабэ псыгъуэщ.
Ар пэ кIыхьщ.
Жэщ зэрыхъуу
Къелъэтыхь.
КъыстотIысхьэ,
Къызодзакъэ,
Сигъэжейркъым,
Къысщымысхь,
Ауэ сщIэркъым,
Сэ итIани
Ар итIани
СфIэгуэныхьщ.
Аргъуей нэхърэ нэхъ угъурсызрэ нэхъ уфIэмыгуэныхьынрэ щыIэ? ИтIани аргъуейри фIэгуэныхьщ мы усэр къэзыIуатэ цIыкIум. «Аргъуейр бзаджэщ, и зы дзажэпкъ къыхэхын хуейщ», — жаIэ адыгэм ауаныщIу. Мы ауаным гущIэгъу тIэкIуи хэлъу къыщIэкIынущ. Лиуан и усэм а гущIэгъур сэтей къещIри къыбжеIэпэ: пэжщ, бзаджэщ аргъуейр, ауэ абыи псэ Iутщ, псэм гущIэгъу хуэфащэщ.
Сабийр нэхъ псэ щабэ, нэхъ гущIэгъулы хъунукъым «аргъуейр укI, хьэндырабгъуэу къыпIэрыхьэр фыщI», — жепIэкIэ. ЦIыкIур гущIэгъум, цIыхугъэм хуэущиинри, и анэдэлъхубзэр фIыуэ егъэщIэнри — а мурад дахэхэр зэщыщхъуу щызэхэтщ «Аргъуей» усэми нэгъуэщI усэфI куэдми. Сабийр зоопаркым кIуауэ къаплъэным бгъэдэтщи йоущие:
— Укъаплъэнкъэ уэ
инышхуэр,
Сытыт нетIэ ущIэгъар?
Дэ къыджеIэт мыдэ
псынщIэу,
Хэт уи жагъуэ къэзыщIар?
— Зыри, цIыкIухэ,
СлъэмыкIыжу
ГуащIэмащIэ —
Жьы сыхъуащ.
Сабиигъуэр сигу
къэкIыжри,
Фыщыслъагъум тIэкIу
сыгъащ.
Мыпхуэдэ усэхэм куэдрэ утепсэлъыхь нэхърэ куэдрэ уеджэну нэхъ гуапэщ. ФэрыщIыгъи, хьилагъи, бзэмыIугъи хэлъкъым мыбыхэм. ЦIыхур дэнэ къэна, псэ зыIут дэтхэнэ зыми дащысхьын хуейщ, ахэр дэ къэдгъэщIакъым — къыджаIэ хуэдэщ Лиуан и усэ куэдым.
ХьэкIэкхъуэкIэм, псэущхьэхэм ятеухуа усэхэм хэлъ хуабагъэм нэхърэ мынэхъ мащIэ щызыхыбощIэ гъэм и лъэхъэнэхэм ятеухуа — пейзажнэкIэ узэджэ хъуну усэхэми. Ахэри нэгъуэщI куэди ди сабий литературэм и тхыгъэ нэхъыфI дыдэхэм зэращыщым шэч хэлъкъым.
ЦIыкIухэр ди IуэрыIуатэм, литературэм, анэдэлъхубзэм я IэфIыр зыхащIэу къэтэджмэ, езыхэм я дежкIи къызыхэкIа лъэпкъым и дежкIи нэхъыфIщ. ЗэрынэхъыфIым утепсэлъыхьынуи емыкIу хуэдэу мэхъу: хэт ар зымыщIэр? — къыбжаIэфынущ. АрщхьэкIэ зымыщIэ дэнэ къэна, зыщIэну хуэмейхэми уарохьэлIэ.
Тыгъэ хьэлэмэтхэр лъэпкъ сабийхэм хуэзыщIар литературэм хуеджакъым. Ауэ щыхъукIи, Лиуан и усэхэр щапхъэщ литературэр зи IэщIагъэ куэдым я дежкIэ.
БЕЩТОКЪУЭ Хьэбас.
ЖыIэгъуафIэ-зэгъэщIэгъуафIэ тхыгъэхэр
АфIэунэ Лиуан республикэм исхэм фIыуэ ялъэгъуа усакIуэщ. КъызэрацIыхуари, псом япэу, и сабий усэхэмкIэщ. Абы и япэ тхыгъэхэр тхылъеджэм яIэрыхьэ зэрыхъурэ зы тхылъкъым, тхылъитIкъым ныбжьыщIэ цIыкIухэр зэригъэгуфIар. «ЗэригъэгуфIар» щIыжысIэр абы и тхылъ дэтхэнэми сабийр зэрыщыгуфIыкIым фIыуэ сыщыгъуазэщи аращ.
Сабий усэ зытх усакIуэхэр диIэми, Лиуан хуэдэу а зыхуэтхэхэм фIыуэ ялъэгъуар зырызыххэщ. Сыт ар къызыхэкIар? Iэзэу тхэти аращ. Абы и усэхэр дахэщ, жыIэгъуафIэ-зэгъэщIэгъуафIэщ, сабиибзэ дыдэкIэ тхащ. Къэтхьынти а жытIам и щапхъэу зы усэ цIыкIу:
Ди адакъэ
Зызыгъэпщу
Ди адакъэ,
Хэт уи сыджыр
ДибзыкIа?
Ухъужауэ
Накъэпакъэ,
Сыту Iейуэ
УщыкIа!
Хьэблэ цIыкIухэр
Ибохужьэ,
Ужьэ цIыкIур
Уогъэлъей.
Апхуэдизу
Умыхъыжьэ,
Къыпхуадэнкъым,
ПIут дзэ лей!
УиIэщ уэ
Макъ дахэ дыдэ,
Уэрэд жыпIэми
Ярейщ.
Дзэи пIуткъым —
Зыгъэбыдэ.
Сыт уи дзакъэ
Дзэкъэрей!
Мыр къызэрытхыжар «Хэмыхъуэ-мыхъуратI» тхылъращ. Абы щызэхуэхьэсащ сабийхэм яхуитха усэ нэхъыфIхэр. Ахэр ятеухуащ гъэм и зэманхэм, къэкIыгъэхэм, псэущхьэхэм, къуалэбзухэм, ди щIыналъэ дахэм, нэгъуэщIхэми. Ахэр псори сабиибзэ дахэкIэ, къэсхьа щапхъэм ещхьу тхащ, жьгъыру цIыкIухэщ, сабийхэм я дежкIэ гурыIуэгъуафIэ защIэщ.
Усэхэм нэмыщIкIэ, мы тхылъым къуажэхьхэри итщ. «Къуажэхь Iэрамэ» — аращ а Iыхьэм фIащар. Ахэри усэбзэкIэ екIуу тхащ. Къэтхьынти зы щапхъэ:
Бзу абгъуитIым
Ис цIыкIуитIу,
Зэгъунэгъурэ
Зэныбжьэгъуу,
Зэтемыплъэ-
ЗэIумыплъэу,
Зэнэзэпсэу
Зэдопсэу.
Зэмыфыгъуэ-
Зэмыижу
Заплъыхь-
Къаплъыхь
Дуней псор.
Нэращ а къуажэхьым зи гугъу ищIыр.
Сабий тхылъым и фIагъ-Iеягъыр псом япэу зэлъытар сурэтхэрауэ жыпIэкIэ щыуагъэ хъуну къыщIэкIынкъым — абыхэм дахьэха, яфIэхьэлэмэту еплъыну къащта нэужьщ тхылъым итми сабийм гу щылъитэнур. Ар къагурыIуэу, ди тхылъ тедзапIэм къыщыдэкI тхылъхэр сыт щыгъуи ягъэщIэращIэ. Лиуан и тхылъхэри аращ — сабийри балигъри дехьэх абыхэм ит сурэтхэм.
Ди жагъуэ зэрыхъунщи, Лиуан нобэ къытхэтыжкъым. Ауэ, къыщIэна тхылъхэм сабийхэм зыхуагъэзэху, и цIэр ящыгъупщэнукъым.
ХЬЭХ Сэфарбий.
Ныбжьэгъум папщIэ псалъэ
АфIэунэ Лиуан и усэхэм хуабагъэ ящIэлъщ, псэ къабзагъэкIэ гъэнщIащи, ахэр хэмытмэ, ди нобэрей сабий литературэр ныкъуэ хъунущ, сэ къызэрыслъытэмкIэ.
АфIэунэ Лиуан и тхыгъэхэм сыщеджэкIэ, абы рифмэ, ритм хуэдэхэр зэрызригъэхъулIар япэ изгъэщыркъым, ахэри Iуэхум къыхэлъытэн зэрыхуейр сщымыгъупщэ пэтми. СэркIэ нэхъ лъапIэр — лирическэ лIыхъужьым и гупсысэ узыншэрщ, къыбгъэдэкI хуабагъэрщ, а хуабагъэр зыхозыгъащIэ къэIуэтэкIэрщ, нэхъ кIэщIу жыпIэмэ — псэгъэгуфIэ-дахагъэу тхыгъэм хэлъырщ.
Хэт хъуну атIэ АфIэунэ Лиуан? Ари щIэблэм ящIэмэ, дерс къызыхах хъун хэлъу къызолъытэ. Ар къыщалъхуащ Къулъкъужын Ипщэм 1938 гъэм. Езыр илъэсий фIэкIа мыхъуауэ, и анэр дунейм ехыжри, анэншагъэм къишэ къулейсызыгъэр гукIи, псэкIи, фэкIи игъэващ. Школым хъарзынэу щеджэрт, хъэтI дахэ иIэт. ЕгъэджакIуэхэм ягъэщIагъуэу, каллиграф хъэтI жыхуаIэм хуэдэу. Дзэм къулыкъу щищIэну щраджами, ар сэбэп къыхуэхъужащ: штабым щагъэлэжьащ, дахэу тхэ дыхуейщ, жаIэри.
Лиуан хуэдэхэрт школхэм нэхъыбэу щыгъэлэжьэн хуейр, сабийхэм я бзэр, я псэр, я гурыгъу-гурыщIэр нэсу ищIэу, езыр Iэдэбу, зэрыжытIащи, хъэтI хьэлэмэтыщэ иIэу. АрщхьэкIэ гъащIэм «ауэ» куэд хэлъкъэ. Тыншу зи гъуэгуанэр шэщIа хъухэр нэхъ мащIэщ. Курыт еджапIэр къиухыным хунэмысауэ, ар лэжьыгъэм пэрымыхьэу хъуакъым. IэнатIэ зыбжанэ зэрихъуэкIащ: мыващIэу, ухуакIуэу, хьэлъэзехьэу… — къарукIэ дунейм зыгуэр щылэжьамэ, Лиуан апхуэдэщ.
Лиуан иIэт къыдалъхуауэ зэчий (талант). ИкIи и гумрэ и псэмрэ къыдиху псалъэхэр утыку кърилъхьащ, зэрыжытIащи, ахэр къабыл ящIащ щIэджыкIакIуэхэм.
Сабийхэм папщIэ Лиуан тхылъ зыбжанэ къыдигъэкIащ, екIурэ-ещхьу сурэтыщIхэм ягъэщIэрэщIауэ. Сэ сызэрыщыгъуазэмкIэ, Лиуан ирагъэблагъэурэ школ куэдым щыIащ, еджакIуэхэм IуагъэщIащ. Лиуан хуэдэ усакIуэщ цIыхур зэрыгушхуэр. Жылагъуэр, уеблэмэ зэрылъахэу ирипагэ хъунущ абы. Апхуэдэм хуэфащэ пщIэ игъуэтыжыпхъэщ.
СОНЭ Абдулчэрим,
усакIуэ.
Хуэфащэ гулъытэ игъуэтакъым
АфIэунэ Лиуанрэ сэрэ сабийхэм усэ цIыкIухэр зэрахуэттхым къищынэмыщIауэ шахтэми дыщызэдэлэжьащ.
Лиуан литературэм хуемыджами, IуэрыIуатэми литературэми гукIи псэкIи дихьэхырт. Абы хуэдэу сабийхэм я бзэр фIыуэ зыхэзыщIэу яхуэтха адыгэм зы усакIуи къытхэткъым. И усэхэр гъэщIэгъуэныщэщ, сабийхэр дамыхьэхынкIэ Iэмал имыIэу. И уэрэд цIыкIухэм композиторхэм гу къылъатэри макъамэ щIалъхьащ. Ди усакIуэхэм я нэхъыбэр Москва зэрыщеджам къыхэкIыу, классикэ усэ гъэпсыкIэм тетщ. Лиуан итхахэр IуэрыIуатэ гъэпсыкIэм нэхъ зэрыпэгъунэгъум гу лъыботэ.
УсакIуэр и хьэл-щэнкIи щапхъэт. Ар цIыху сабырт, Iэдэбт, нэмысыфIэт. Къипсэлъыр мащIэми, купщIэшхуэ хэлът. Лиуан зыхыхьа гупым мы- хьэнэ зиIэ гуэр химылъ- хьэнумэ, утыку ихьэнутэкъым.
Ди жагъуэ зэрыхъунщи, АфIэунэ Лиуан и гуащIэм хуэфащэ гулъытэ псэуху къыхуащIакъым, зы дамыгъи къратакъым. И усэхэр зы тхылъ хъунуращи, зэхуэхьэсыжарэ къыдэгъэкIыжамэ фIыт. КъищынэмыщIауэ, ар къыщалъхуа Къулъкъужын Ищхъэрэ къуажэм и уэрамхэм языхэзым и цIэр фIащыну хуэфащэщ.
ЩОДЖЭН Леонид,
КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ.
Псэ хьэлэл
Iупэ къудейм къыщежьэ псалъэр и къэпсэлъыкIэкIэ Iейми фIыми гумрэ псэмрэ нэсыркъым. ЦIыху балигъми сабийми я псэм хыхьэр гущIэм къыщежьэ псалъэрщ. Сэ сыкъалъхуным куэдыкIей иIэу къаIуэтагъэнкIи мэхъу апхуэдэ гупсысэр. СщIэркъым. Сыщыгъуазэкъым. «Уэ узыщыгъуазэр сыт-тIэ?» — жыфIэрэ фыкъызэупщIмэ, си нэгур зэлъыIухауэ хэти сеплъурэ жысIэфынущ: «АфIэунэ Лиуан усакIуэ телъыджэт». ЩIэтелъыджэри? Сабийм дахэу, IэфIу епсэлъэфырт. И псалъэр къыщежьэр и гущIэ дыдэрт, зэчий иIэт, Алыхьыр къыхуэупсауэ. Лиуан и цIэр зэхэсхыху си нэгу къыщIохьэ гуфIэгъуэм зэщIиIэта цIыхухэр. Абыхэм хэт уэрэд жеIэ, хэти долъей-допкIей, хэти и анэм зришэкIауэ абы къриш уэрэд гуакIуэм IэфIу щIожеикI.
Пэж дыдэр жысIэнщи, а зи гугъу сщIа теплъэгъуэхэр сэ си нэгу щIэкIащ. Апхуэдэу щыщыткIэ, «си нэгу къыщIохьэ» жысIамэ, нэхъ тэмэмыр арат.
Сабий сад, яслъэ жыпIэми, ди къуажэхэм гуфIэгъуэ зэхуэсышхуэ щекIуэкIхэми сэ куэд дыдэрэ слъэгъуащ АфIэунэ Лиуан и усэхэм яфIэгъэщIэгъуэну сабийхэр къеджэу, абы къыдигъэкIа тхылъхэр зэIэпахыу щIаджыкIыу, абы и псалъэхэр зыщIэлъ уэрэдхэр цIыкIухэм щагъэзащIэкIэ Iэгуауэшхуэ хуаIэту. АбыкIэ сэ жысIэну сызыхуейр нэхъыщхьэу зыщ: сабийр апхуэдизу зыгъэгуфIэф, зыгъэгушхуэф АфIэунэ Лиуан и насыпщ. ЖысIам щыхьэт нэс техъуэу мыр сигу къокIыж. Ботэщей къуажэм (Плановскэ) ЩэнхабзэмкIэ и унэм и лэжьакIуэхэмрэ абы дэт сабий садышхуэм и гъэсакIуэхэмрэ драгъэблэгъат усакIуэ, тхакIуэ гупыфI. А махуэм ди гъусатэкъым АфIэунэ Лиуан, ауэ сабийхэм нэхъыбэу жаIэр абы и уэрэдхэмрэ и усэхэмрэт. Си щхьэкIэ сехъуэпсащ Лиуан, и ехъулIэныгъэхэм сыщыгуфIыкIащ, сригушхуащ, ин срихъуащ…
Сабийм и хьэл-щэныр, абы и дунейр, и психологиер, и гумрэ и псэмрэ щыщIэр АфIэунэ Лиуан хуэдэу куууэ, щызу къэзыгъэлъэгъуэф адыгэ усакIуэ сэ си щхьэкIэ срихьэлIакъым. Радиом сыщыщылэжьа зэманым Лиуан и усэхэр радиокIэ къэсту щIэздзэри… лъэIу письмохэр уэру къысIэрыхьэу хуежьам и мызакъуэу, балигъхэри къэпсалъэрт, яфIэгъэщIэгъуэнт, яфIэтелъыджэт Къулъкъужын Ипщэ (Абзуан адыгэ жылэжьым) щалъхуа, щапIа щIалэм и IэдакъэщIэкIхэр.
Гуапэщ ди композиторхэми АфIэунэм и усэхэр гулъытэншэу къызэрамыгъэнар. Абы и псалъэхэр щIэлъу сабий уэрэд тIощIым щIигъу зыгъэпса композитор щыIэщ. А псор къедмыбжэкIми хъунущ, сыту жыпIэмэ ахэр щIэх-щIэхыурэ радиокIэ къат, сабий садхэм, школхэм щагъэзащIэ.
Сабийм илъагъумрэ абы псэкIэ зыхищIэмрэ гъуэзэджэу къеIуэтэф АфIэунэ Лиуан. Езым ещхьу и усэхэри гу къабзэ-псэ къабзэщ.
Сэ фIыуэ слъагъурт а усакIуэ телъыджэр. ЩIэслъагъури пщIэшхуэ щIыхуэсщIри и тхыгъэхэм я закъуэкъым. Езыр сыт щыгъуи сабырт, Iэсэт, зэпIэзэрытт, Iэдэбт, зэтеубыдауэ, дахэу цIыхухэм яхэтыфырти аращ. ЦIыхугъи лIыгъи хэлъащ. Си фIэщ хъуркъым абы хьэтыр гуэркIэ е IуэхутхьэбзэкIэ цIыху къекIуалIэкIэ «хьэуэ» къыхигъэкIауэ. Куэдрэ слъэгъуащ сэ АфIэунэ Лиуан езыр зыпэрыт, къыпэщылъ лэжьыгъэр зригъэтIылъэкIыурэ зыкъыхуэзыгъэза цIыхум ейр япэ иригъэщу. Апхуэдэхэракъэ-тIэ «цIыху къилъхуа, цIыху ипIа цIыхущ» жыхуаIэжыр?
Мы сатырхэр здэстхым си нэгу къыщIохьэж АфIэунэ Лиуан и нэгу угъурлыр: зэзэмызэххэ фIэкIа схуэмыгъэдыхьэшх а лIы хъарзынэр дауэрэ сщIыми зэгуэр къэзгъэгуфIати, сэри сыщыгуфIыкIырт, и тутыным кIэгъуасэ кIыхьышхуэ пищIами, абы екъуну хунэзгъэсыртэкъым, хъыбарыпцI дыхьэшхэн гуэр ди ныбжьэгъухэм къащыщIа хуэдэу зэхэслъхьати, модрейри и фIэщыпэу къызэдаIуэрт. А псори и фIэщыпэ зэрыхъуам щхьэкIэ сэри ныбафэуз сыхъуат.
Аращ. Псэ хьэлэлыр сыт щыгъуи жыIэзыфIэщщ…
ГЪЭУНЭ Борис,
тхакIуэ.
АфIэунэ Лиуан «Адыгэ псалъэ» газетым и хьэщIэщ. Абы къыбгъэдэсщ Тхьэмокъуэ Барэсбий, щытхэр (ижьымкIэ къыщыщIэдзауэ) Хьэжыкъарэ Алик, Шал Мухьэмэд, Уэрэзей Рашид сымэщ. 2006 гъэ
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "29995.txt"
} |
ТIуанэ
Нало Заур
Новеллэ
(КIэухыр. ПэщIэдзэр №№139 — 140-хэм итщ).
Инал мэпщIантIэ, фызым къыжриIэмрэ езым и псэмрэ хузэмыгъэзэгъыу: фызым уи IумпIэ ебгъэубыдри хьэфизу къуршым ущызекIуэри — тIури зыщ.
Ауэ пцIыр хьэрэмкъэ! — мыпхуэдэ IуэхукIэ къыпхутемыгъэхьэн цIыхухъу щыIэкъым, Инали и Iэнкуныгъэр пкърыкIыжри итIанэ къыгурыIуащ и фызыр зэрызахуэр, къыгурымыIуапэми, и псэр ТIасутIэ и псалъэхэм мамыр къащIыжати, цIыхубз дэгъуэ, цIыхубз щIэщыгъуэ и нэгу къыщIэувэу хуежьэри, хуэм-хуэмурэ къытехьащ, жыIэщIэ хъури фызыр зыхуеймкIэ ишащ. Ар иджы къилъыжыртэкъым, атIэ укIытэ нэпцIышхуэ зищIауэ ТIасутIэ и псалъэ щабэхэм фIэIэфIу едаIуэрт, арыххэури, езыр хуэмейуэ къытрагъэхьа нэхъей, зигъэнэщхъеижщ аби, «хъунщ» псалъэр къызыжьэдригъэшащ. ТIасутIэ а псалъэр къэзэуаткIэ къыжьэдитхъа пэтми, зэрызэхихыу и жагъуащэ хъури и гур къехуэхащ. Ауэ гум жиIэм едэIуэн идакъым абы, «аууей, щхъухьыращ IэфIыр, хущхъуэр сыт щыгъуи дыджщ», — жиIэри, тэджщ аби, щхьэгъубжащхьэм телъ къурIэнышхуэр къищтэри, и лIым и пащхьэ къиуващ. Инал зэрыщысым хуэдэу ТIасутIэ елъэгэкIрэ жыпIэнт.
Инал къыхуашия къурIэныр щтэIэщтаблэу къыIех. Ар зэрыцIыкIу лъандэрэ щошынэ мы тхылъ къыгурымыIуэм, абы и тхьэмпэ гъуэжьхэм, а тхьэмпэ гъуэжьхэм тетха фIыцIагъэ зэрыхъэхэм. Инал Iэмал зэриIэкIэ къыпикIухьырт Алыхьым и пащхьэм къикIа тхылъ ябгэм — пщIэнукъым апхуэдиз зэрыхъэр зэрытым зэрызищIынкIэ хъунур, жиIэри емыIусэм нэхъ къищтэрт. Ауэ ТIасутIэ ар тхылъ захуэу, леймыгъэгъуу, угъурлыуэ къелъытэри фIыуэ елъагъу, икIи, къикIыр къыгурымыIуащэ пэтми, хущIыхьэгъуэ игъуэтыхукIэ, тхьэмпэ гъуэжьхэр хуэсакъыпэу къызэтрихыурэ фIыцIагъэ лъапIэм йоджэ.
— Мы фIыцIагъэ лъапIэр пIыгъыу тхьэ къысхуэIуэ, — жи ТIасутIэ, — сэри укъызэмыкъуэншэкIыну, абыи уемыкъуэншэкIыну: къыпхуэсша нэужь, мазэ дэкIыху, абы деж ущIэлъынщ, нобэ мазэ ирикъуакъэ иджы щыжыпIэм деж — зы жэщыр сысейщ, къыкIэлъыкIуэ жэщыр абы и хьэлэлщ! АбыкIэ уарэзымэ, тхьэ Iуэ хьэрэмыгъэ умышхыну!
Инал Iейуэ и жагъуэт тхьэ иIуэн: къэхъунур зыщIэр Алыхьыращ, абы дауэ тхьэ зэрытепIуэнур! Нобэ упсэумэ, пщэдей зэрыхъунур пщIэркъым, япэм Хъуэхъужьхэ уащытхъумэ — улIыфIт, иджы Хъуэхъужьхэ уубмэ, улIыфIу къыщIедзыж!… ИтIани — сыт ищIэнт? — Инал мо къурIэнышхуэр IитIкIэ иIыгъыу, хуэсакъыурэ, къеIэтри:
— Мы Алыхьым и фIыцIагъэ лъапIэмкIэ тхьэ пхузоIуэ! — жи.
— Иджы абы ищIыIужкIэ: сэ сынэхъыжьщи, абы и ныбжьым емылъытауэ, сэ жесIэр и унафэщ!
— Уэлэхьи хьэзим, захуэкIэ ари!
— АтIэ, захуэу щытмэ, нэху дыкъызэрекIыу яужь ихьэ!
— Хэт зяужь сибгъэхьэнур? Уэ зыгуэр уиIэ?
— Сэ сщIэрэ! Лъыхъуэ, щIэупщIэ. Уи къуэшхэм зыгуэр къыпхущIаIукIынщ. Сыт щхьэкIэ, Дыгъэ-щэ? Дыгъэ сыт и лажьэ?
ТIасутIэ имыщIэххэу и гум къридзэри къыжьэдэлъэтауэ арат а цIэр, ауэ къытригъэзэжу егупсысыжа нэужьи игъэкъабылащ абы а фызабэ нэ къуэлэныр тIуанэу къишэну: хъурылъхущ, къилъхури езым хуэдэу дыгъэ бынщ — дахэм дахэ къелъхури Iейм Iей къелъху, тхьэ. Си хъыджэбзитIым дэлъху дахэшхуэр къащхьэщытмэ, армыраи фIы жыхуаIэжыр. Дэлъху яIэмэ, бзаджэнаджэ къатегушхуэнкъым, ялI къатегъуэгъуэнкъым… Сызижагъуэным дыщ имыIэу къэунэ!.. Дыгъэ езыр лэжьакIуэшхуэщ, узыншэщ — зэIэр къыгуиуду апхуэдэщ, тхьэ, ар ауэ сытми фыз! Хьэуэ, ар къатшэмэ, дыхущIемыгъуэжыну си гугъэщ. Дахэ щхьэкIэ нэмысыфIэщ, цIыхум къазэрыхэкIар нэрылъагъущ. Азалыхь, псыхьэ гъуэгу ущыхуэзамэ, дидзыхынщи гъуэгу къыуитынмэ! И пэгунитIым изу уIущIамэ, псыр къуитынщи, езым игъэзэжынмэ!.. Алыхь, псалъитI я щхьэ зэтримыч!.. Тхьэ, абы нэхъ хъун сэ сымыщIэ!..
Арат ТIасутIэ жиIэр. Ауэ ар зэрыжиIэр акъыл гъущэкIэт; и псэм едаIуэмэ, и псэм жиIэр нэгъуэщIт: уэ къодэхэкIын къыхуумышэ, фыз тхьэмыщкIэ, ущIегъуэжын мыгъуэщ! — жиIэурэ къеIущащэрт, арщхьэкIэ а цIэр, езым имыщIэжу, Iэджэрэ илъа хъунт игуми, хуей-хуэмейми, къыфIицIэфтащи — сыт епщIэжын иджы? ТIасутIэ и псэр шхуэIур жьэдэлъу иIыгъщи цIутI жригъэIэркъым, и щхьэм ищIа унафэр трегъакIуэри.
Инал а цIэр зэрызэхихыу, и псэр, дыгъэ ткIуэпс къыхэткIуа нэхъей, къилыгъуащ: мащIэрэ хуеплъэкIа ар а фыз нагъуэ дахэм, зы мэскъалкIи щымыгугъыу, ауэ ехъуапсэ хуеплъэкIкIэ хуеплъэкIрэ и пащIэкIэр щIиIуэнтIэжу. Иджы еплъ ар зэрыхъуам!.. Инал и Iупэхэр фIызэтож, зэрызэтежыр езым имыщIэжу, и Iэпхъуамбэхэр пащIэкIэм мэIэбэ. ТIасутIэ ар щилъагъукIэ, сэ пцIанэу и гум къыхоуэ. АрщхьэкIэ фочым икIа шэр къыпхуэубыдыжрэ!..
А жэщым ТIасутIэ и лэгъунэм щIигъэхьакъым и лIыр, сэ Алыхьталэм сыпхуелъэIун хуейщ ныжэбэ жиIэри. Инал пэш ищхъэрэм щIэлъащ, фыз нагъуэр пщIыхьэпIэу илъагъуу. ТIасутIэ нэху щыху тхьэ елъэIуу, духьэ къибжу, нэпс щIигъэкIыу хэлъащ.
ЕЙ, ТIАСУТIЭ, ТIасутIэ, тхьэмыщкIэ цIыкIу мыгъуэ! Уэ пхуэдэ фыз губзыгъэ дунейм къыщытехьэр зэзэмызэххэт, ауэ уцIыхуфIыщэти, уи фIэрафIагъым Iущ уищIакъым. Уэ уи гугъэрат, цIыхур нэхъ дахэху нэхъ цIыхуфIу, нэхъ цIыхуфIыхуи нэхъ махуэу. Уэ дыгъэм мылыр зэригъэткIур плъагъурти, псыр зэригъэгъущым ублэкIырт, уэ дыгъэм жылэр къызэригъэкIым гу лъыптэрти, къэкIар зэрисыжым уебакъуэрт… СощIэ, сощIэ, уэ иджыпсту абы гу лъыптэж хуэдэ хъуащи уошынэ, тхьэм уолъэIу, ауэ уэ уи гум къэмыкIыххэ гуэрхэри щыIэщ. Дыгъэр гуащIащэ хъумэ, псыдзэ къыпщIэуэу уихьынкIэ мэхъу… Хьэуэ, ТIасутIэ, хьэуэ: сэ ауани усщIыркъым, ухущIезгъэгъуэжынуи сыхэткъым. Сэ уэ сыкъыумылъхуами, уи псэм щыщ сIутщи, сигу ныпщIогъу, ауэ итIани сощIэ уэ къэгъэзэжи щIегъуэжи узэримыIэр, уэ зытеплъхьэжа хьэлъэр уи псэ тIэкIур пытыху, ехьэх уимыIэу, зэрыпхьынур: уэ уи гъащIэм уил узыным ущышынакъым, нэгъуэщIым ил сымыгъэузащэрэт жыпIэу упсэуа фIэкIа. Сэри уэ сурещхьщ, сэ уи гъуэгур псынщIэ пщыхъуну сыпхуохъуахъуэ!
Пщэдджыжьым ТIасутIэ и гур игъэбыдауэ къэтэджыжри и Iуэху яужь ихьэжащ.
Инал-щэ? Абыи зигъэгувакъым, къуэш бэлыхь иIэхэти, и къуэшхэм Iуэхур ирагъажьэри и кIэм нагъэсащ. Инал и къэбан пщIэгъуа- лэмрэ и дыщэ къамэмрэ Дыгъэ пэкIуэу иратащ Алимырзэ.
Дыгъэ а Iуэхум теухуауэ зыри ищIакъым ирашыжыху. Ирашыжри, мыращ уи унафэр жаIэу и пащхьэм къыщралъхьэм, «сылIэм и гъунэщ!» — жиIэри зафIиублэрэкIащ. «Хьэтыр Азалыхьым иIэмэ, си бынищыр сывгъэпIыж!» — жиIа щхьэкIэ, къепсэлъэн игъуэтакъым. Нэчыхьыр къабзэу ятхащ, уасэр зэIахащ. Щымыхъужым — сыт ищIэнт? — «фыз фIыцIэ нащхъуэ упэщIэхуэ нэхърэ ТIасэ уритIуанэмэ жэнэтщ, езы лIыри хъун хуэдэщ, си бынищри а хьэблэращи, зы мыхъуми, си нэIэ ятетынщ!» — жиIэри, и нэпсхэр зэпилъэщIыхьыжщ аби, тIысыжащ…
ТIасутIэ акъылкIэ къыгурыIуэрт мы езым къиIэта Iуэхум иджы гъэтIылъыж зэримыIэр, итIани псэкIэ гугъэрт Iэмал имыIэу зыгуэр къыхэIэбэу ар зэтрикъутэжу е лъэпкъитIым зэпаубзыхуа фызышэ пIалъэр зэи къэмысыну, къэс хъужыкъуэми, абы япэ езыр къытехуэу лIэну, ауэ — пцIыр хьэрэмкъэ! — Iуэхур зыгуэркIэ зэблэужын хъуамэ, ТIасутIэ нэхъ инатыжу япэщIэувэнурэ и кIэм наригъэгъэсынут — апхуэдэт ТIасутIэ и хьэлыр! Арати, ТIасутIэ и псэмрэ и щхьэмрэ зэрызэгурымыIуэм тетурэ, гъэмахуэр икIри, гъавэр кърахьэлIэжащ: бэкхъыщхьэм телъ къэбхэм жэп къатехэу гуэным щралъхьэжым, Инал и фызышэ етIуанэр докI.
ПщIантIэм мэл щыфIагъэж, выщIэ щаукI, ТIасутIэ и лэгъунлейм къыщIих дагъэ жьэрымэм хьэблэр егъэпамэ. Благъэмрэ гъунэгъумрэ зэблож. ТIасутIэ и гур къолъэт, сыт къимыщтами Iэпоху. Щымыхъужым, нэхъ теунщ жаIэри, жьэпхъалъэм бгъэдагъэувэ лэкъум игъэжьэну, ауэ лэкъум игъажьэми и ныкъуэр фIыцIэщ, и ныкъуэр хужьщ…
— А ТIасэ мыгъуэ, тIэкIу зызэтеуIэфIэ! — жи Дисэ. — Мы уи лIыгъэшхуэм хуэфэщэну щыт!..
ТIасутIэ къоплъэкIри и нысэгъу нэхъыжьым къыхуэгуфIэну хуожьэ:
— Ауи къысфIэIуэхукъым, Дисэ, умыгузавэ уэ! — жи, ауэ абы и Iупэ тIар гуфIэм нэхърэ гъым куэдкIэ нэхъ ещхьт.
Дисэ и нысэгъум Iэ дилъэу зэтриуIэфIэн и гугъа щхьэкIэ, а дакъикъэм зыгуэр кIийуэ къыщIолъадэ:
— Уэиихь, фызышэр къэсыжащ! Фызышэр къыдохьэж! — жеIэри.
ТIасутIэ къоскIэ… ищIэр имыщIэжу, Iэ пцIанэкIэ дагъэ плъам хопхъуэри, фIыцIабзэу иса лэкъумыр къыхепхъуэтыж, ауэ а напIэзыпIэм и нэр щоункIыфIыкIри къызэфIощахэ…
Инал кърата мазэ пIалъэр икIа нэужь, и гур ТIасутIэ и лэгъунэм хущIэмыхьэж мэхъу. Ауэ, итIани, тхьэ Iуа иIэти, абы ебакъуэ хъуртэкъым: сенэм къыщIыхьэжа нэужь, и псэр пэш ищхъэрэмкIэ еIэ щхьэкIэ, езым пэш ипщэмкIэ игъазэрти гукъыдэж имыIэу щIыхьэрт. ТIасутIэ абы гу лъимытэу къэнэнт — лъитащ, лъита щхьэкIэ «нысащIэм гу щихуакъыми аращ, гу щихуэмэ, тэмэм хъужынщ» — жиIэурэ игу егъэфI, апщIондэхукIи и лIыр нэхъ щIыIэ къыхуэхъу фIэкIа зихъуэжыртэкъым.
Апхуэдэурэ здекIуэкIым, Инал гувауэ къокIуэжри, ТIасутIэ и чэзу щхьэкIэ, ищхъэрэбжэр Iуех. Арыххэуи псалъэмакъ къоIу…
— Хьэуэ, — жи, — хьэуэ, — жи, — Алыхьым жимыIэкIэ…
— … Тебэяуэркъэ зэ, зи унэр бэгъуэн! Ар жеижащ…
— Хьэуэ, — жи, — сэ абы и пащхьэм сыщыкъуэншэну сыхуейкъым — гъазэ!..
— Умыделэ, лIэун, уэ уи кIэныр къикIауэ аращ…
— Сэ сыхуейкъым апхуэдэ кIэн!.. Гъазэ зи чэзум деж, апхуэдэ цIыхубзкъым зи жагъуэ ящIыр!
Псалъэмакъыр зэрызелъафэ макъ мэхъужри, ищхъэрэбжэр ирадзылIэж, Иналым и кIэныр къыщимыкIым — сыт ищIэнт? — ипщэ лэгъунэм къегъэзэж, арщхьэкIэ ТIасутIэми зигъэгусауэ къыщIокIри, зыбгъэдигъэхьэркъым.
А жэщым и ужькIэ Инал ищхъэрэ лэгъунэм и бжэр нэхъыбэрэ Iуихыну хуежьэ мэхъу икIи, Дыгъэ куэдрэ къыхуимыдэу къыпэщIэта щхьэкIэ, цIыхур зыпэмылъэщ къару щыIэу къыщIокIри, зы жэщ гуэрым Иналыр токIуэ. Арати, Иналыр йоуасэ, Дыгъэри абы йосэжри, ТIасутIэр лей мэхъу. Куэдрэ ишэчаи ар абы къыфIэмыIуэхуу фэ зытригъауэурэ, арщхьэкIэ махуэ гуэрым къыщиудри и лIым ехъурджэуащ:
— А джаур-джаур, тхьэ къысхуэпIуэри къысхуэбгъэпцIыжащ. Къыпхуигъэгъуну пIэрэ ар уэ Алыхьым!
Инал и пащIэкIэ гъэкIэрэхъуам щIэгуфIыкI хуэдэ ещIри щIокI. Дыгъэ дэнэ кIуэнт — шынауэ зепIытI-зехузри хьэкум бгъэдэтщ, и тIуанэм шхын къыхурилъхьэну къищта тепщэчыр здихьын имыщIэу… Фыз уэндэгъушхуэм и фэр шэхум хуэдэу пыкIащ… Иджыпсту ТIасэ зыкъигъэзэнурэ хуэфащэр къыжриIэнущ абы, езым сыт пидзыжыфын!..
ТIасутIэ зыкъегъазэри, ар щилъагъукIэ:
— Уэ умышынэ, Дыгъэ, ар инатмэ, уэ сыт уи лажьэ! — жи. — Уэ мыбы лъэщыгъэкIэ укъэкIуа, сэ укъезгъэшауэ аращ…
Мопхуэдизрэ зи псэр дзапэкIэ зыIыгъа Дыгъэ къыщеуд абдежми, зэщыджэу магъ, и ныбэ уэндэгъушхуэр сысу, и нэпс къежэхыр хуэмылъэщIыжу…
— Ари сыт хабзэу къэбубла иджы! — хуилъ хуэдэ зещI ТIасутIэ, арщхьэкIэ мо хъущIэ-шхыдэу емыса цIыхубзыр щабэ къохъуж, бгъэдохьэри и тIуанэм Iэ делъэ. — Умыгъ, дахэ, умыгъ! Уэ щIалэ къэплъхуну аращ мыбы укъыщIашари, быдэу тхьэ елъэIу: щIалэ къыумылъхумэ, уэри уунэхъуащ, сэри сыкъэсэхыжащ! Умыгъ, ар уи ныбэ илъым дежкIэ зэранщ…
ДЫГЪЭ гузавэрэ шынэу и кIуэцIым щызэхуихьэса къомыр нэпскIэ къигъыжын хуейуэ къыпэщылъти, зиубыдыжыфыртэкъым: дыджым пэплъэу IэфIым къигъэщIыта цIыхум и нэпсыр псыдзэу къоу. ЦIыхубзитIыр етIысэхщ абдежи, ТIасутIэ нэмэз щыгъэ игъажэу нэмэзлыкъым тесу, Дыгъэ къащыкъыщхьэм Iэ дилъэу шэнт цIыкIум тесу зэпсэлъащ — IейкIи фIыкIи я гум илъ зэщамыгъэпщкIуу. Языр делэу зэрихьэлIэмэ, зэрытхьэлэжынт, ауэ мы тIум гъуэгу къагъуэтри зэгурыIуат.
Сэ а цIыхубзитIыр фIыуэ зэрылъэгъуащ вжесIэнкъым, вжесIэпэми, фи фIэщ хъункъым. А тIур фIыуэ зэрылъагъун хуейуи зыми къапиубыдыртэкъым — зэтIуанитI зэрымыукIыу зэдэпсэумэ, щытхъу къахь, ауэ сэ сызыщыгъуазэращи, ТIасутIэрэ Дыгъэрэ илъэс пщыкIухкIэ зы унэ зэдыщIэсат зы лIым и фызхэуи, яку къайгъэ къимыхъуа дэнэ къэна, Алыхьым и ней къыпщыхуэ жиIэу зыр адрейм ещакъым — нэхъыжьым и унафэм нэхъыщIэр едаIуэу зэгурыIуэфащ. ТIасутIэ хъурджауэми, зэхъурджауэр и щхьэгъусэрати, абы:
— Куэдщ, куэдщ иджы! Уэ жьы ухъуащ, фызыжьхэм апхуэдэ жаIэрэ? — жиIэрти зыщIригъэхырт.
ТIасутIэ махуэм зыгуэрурэ зытригъэурт, жэщыр хъуамэ, и бампIэшхуэмрэ езымрэ лэгъунэ нэщIыжьым къыздыщIэнэжырти, нэху щыху жыхуаIэм хуэдэу къугъыурэ и щхьэр игъеижу, и щхьэгъусэм ебгыу хэлът. Уи лъхуэгъуэ-уи пIэгъуэрэ уи зы щхьэц налъи мытхъуауэ, зыгуэрым нэхъри умынэхъ Iейуэ, уфIэрафIэ нэхъ дагъуэ уимыIэу лэгъунэ нэщIыжьым пIийуэ укъыщIэнэжын жыхуэпIэр — сызижагъуэным иугъэунэху ар!
Абы щыгъуэми, зы сенэ узэпрыкIмэ — уи лIыр нэгъуэщIым и гупэ хэлъу, ар абы къыщIэпшыжу сенэм къызэрызэпрыпшыжын Iэмал закъуи Алыхьым къуитам яхэмыту! Тобэ! Тобэ! Ялыхь, сыткIэ сынокъуэншэкIауэ пIэрэт? Сыт гущэр си Iэмал? КъысхуэпщIар си унафэщи, сэ мы шыгъушыпсыпIэм схузэфIэкIыху сыхэлъынщ, ауэ схузэфIэмыкIыж щыхъуам деж уигу къызумыгъабгъэ, Азалыхь!.. ТIасутIэ и гур игъэбыдауэ къэтэ- джыжырт пщэдджыжьми, и Iуэху яужь ихьэжырт.
Зы илъэси дэкIатэкъым къызэрашэрэ, Дыгъэ лъхуэуэ къуэ къыщилъхуам. ТIасутIэ зымыцIыхум я гугъэращ, и бампIэр зытрилъхьэн къигъуэтащ иджы жаIэри, ауэ, тобэ, Алыхьыр зыщIэн, ТIасутIэ а щIалэ цIыкIум зэрыщыгуфIыкIам хуэдэу и адэри и анэри щыгуфIыкIа хъунтэкъым. Лъэпкъри хьэблэри зэхуишэсри тхьэлъэIушхуэ ищIащ…
— Дыгъэ шыр къытхуалъхуащ, дыгъэ шыр цIыкIу! — жиIэщ аби къищтэри, и анэм быдз къызэрыригъафэм нэхъ гугъу къыдемыхьу, ипIащ, дрихьей-кърихьэхыу. ТIасутIэ IэфIыгъэрэ дахагъэу зи щхьэ имытIэта къомыр а щIалэ цIыкIум хузэIуихащ. «Ар Дыгъэ къилъхуами, зи быныр сэращ, зи дэлъхур си хъыджэбзитIыращ! — жиIэурэ игъэпIийрт. — Дыгъэ и Iэпкълъэпкъым кърихащ, сэ си псэм къыхэсхащ… БампIэкIэ къэзлэжьащ…» Зэгуэрми и пщIыхьэпIэ къыхэхуакъым ар къабыл имыщIыну, икIи хьэблэм ТIасутIэ и къуэр жаIа мыхъу, Дыгъэ и къуэр жаIакъым. Мис апхуэдэу Дыгъэ къуэ дапщэ къимылъхуами — псори кIэдахъуэкIэ ипIащ абы.
ТIасутIэ и пхъуитIыр адыгэ унагъуэ йохьэри, куэд имыхьыжу езыр быкъшыкъ мэхъу икIи зы пщэдджыжь гуэрым, къэтэдж зэрихабзэу, къеIа щхьэкIэ, къэмытэджыфу къыхонэ. Дыгъэ зэрылъэкIкIэ абы и узыр щигъэпсынщIэну яужь ит щхьэкIэ, ар кIуэ пэтми нэхъ хьэлъэ мэхъу, и фэр покI, мэткIу.
— Сыт нэхъ къоузрэ, ТIасэ? — жаIэрэ щIэупщIакIуэ къыхуэкIуамэ…
— Си псэр мэуз! — къажриIэрт. — Си псэр ешащ псэуурэ! МащIэ къэзгъэщIа сэ… Илъэсищэ сыхъуа? ЩитI сыхъуа? СщIэжыркъым…
Инал зыкъомрэ къыфIэIуэхуакъым абы и узыр, фызхэм сымаджэн тIэкIур зыхалъхьэ щыIэххэкъым жиIэри, ауэ ТIасутIэ хъыжьэ хъуа нэужь, къэгузавэщ, бгъэдэтIысхьэри и щхьэр къыхуэмыIэту бгъэдэсащ жэщи махуи. А Iэшэлъашэм зы Iэзэ къринакъым къригъашэу къримыгъэIэза. Елъхъуэт игъакIуэри дохутырышхуэ къригъэшащ. Налшык къалэ игъакIуэри хущхъуэ гъуэтыгъуейхэр къыхуригъэгъуэтащ. АрщхьэкIэ псэ узым и хущхъуэр хэт зыщIэр?
Зы пщыхьэщхьэ гурым Инал тIэкIу щхьэукъуар зыгуэр къеджа хуэдэ къызэщоуж. И щхьэр къиIэтмэ — ТIасутIэ и нитIыр къытеубыдауэ къоплъ.
— Iау, сыту фIыт укъызэрыплъэжар, лIэун, унэхъыфIкъэ, тхьэм жиIэмэ? — Инал мэгуфIащэри и нэпсхэр къыфIыщIокI, ар зэрилъэщIа и IэмкIэ ТIасутIэ и натIэм Iэ делъэ.
ТIасутIэ, хэпщIыкI къудейуэ, и Iупэр егъэхъейри къыхуогуфIэж, итIанэ:
— А, лIы, укъэзгъэуша сфIощI, къысхуэгъэгъу! — жи.
— ЖыпIэр сыт, лIэун! Сэ уэ къысхуэпщIамрэ уи гуэныхьу стелъымрэ, илъэсищэкIэ…
— А, лIы, сэ куэдрэ сыпсэлъэну хъункъым, — жи ТIасутIэ, ерагъкIэ къыдришейуэрэ. — Сэ иджыпсту си Тхьэм и пащхьэм сихьэжынущи, сыхуейкъым… си гуэныхь птелъу… дызэпыкIыну сыхуейкъым… — ТIасутIэ и нэхэр зэтрепIэжри мамырыбзэ мэхъу, Инал ар лIа и гугъэу щеIэбкIэ, абы, аргуэру и нэхэр къызэтрехыжри, зыри жимыIэу зыкъомрэ къоплъ: — Пхузогъэгъу, — жи, — си гуэныхьу птелъыр. Алыхьым къыпхуигъэгъунуи солъэIу! Уэри уи гуэныхьу стелъыр къысхуэгъэгъу!..
— Пхузогъэгъу! — жи Инали, и нэпсхэм къызэпажыхьауэ. — Сыпхуэарэзыщ, жэнэтыр унапIэ Тхьэм пхуищI!.. Напэ хужькIэ Тхьэм дызэхуигъэзэж!..
ТIасутIэ и нэхэр зэтрепIэжри аргуэру мамырыбзэ мэхъуж, итIанэ, зыгуэрым къигъэскIа нэхъей, и напIэхэр къоупIэрапIэри зиплъыхьу, зыгуэр къилъыхъуэу щIедзэ: хьэкум щIыбкIэ бгъэдэту къаплъэ Дыгъэ хуозэ и нитIри, къытоувыIэ. Дыгъэ къыбгъэдохьэ.
— Уэри сыпхуэарэзыщ! — жи. — Си къуитIыр псапэу Тхьэм къуитыж. Зыхуей хуэгъазэ! Си хъыджэбзитIым дызеиншэщ жумыгъэIэ!.. ЩIалитIыр псом япэщ, уи нэIэ ятегъэт!…
— Си анэ сыкъэзылъхуам хуэдэу сыпхуэарэзыщ, ТIасэ!..
ТIАСУТIЭ, ТIасутIэ, уэ уи да- уэдапщэр зэфIэкIыху Инал зыгуэрурэ зишыIащ, ауэ ар зэфIэкIри цIыхур щызэбгрыкIыжым, уи лэгъунэ нэщI хъуам щIыхьэжщ аби, бжэр къигъэбыдэри зыхуэмыубыдыжу укъигъеящ. Уи Iэпкълъэпкъым къикIа уи пхъуитIым фIэкIа, апхуэдизу уэ зигу укъыщIитхъа а дауэдапщэм кърихьэлIам яхэтауэ къыщIэкIынкъым…
Сэри сыпхуэарэзыщ уэ, ТIасутIэ мыгъуэ, уэ упсэуху сэ нэгъуэщIым сыкъилъхуауэ сщIакъым…
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "30000.txt"
} |
Иджы КъуэкIыпIэ Гъунэгъум къыщыщIедзхэр
Зы щытыкIэ пыухыкIар зыхуэдэр зэбгъэщIэн папщIэ хъыбар куэд зэпэпшэчын хуей мэхъу. «Ижьхэми»» «сэмэгухэми» я Iуэху еплъыкIэхэр зэбгъэпща иужь къыбгуроIуэ пэжыр абыхэм я зэхуэдитIым зэрыщыIэр. АрщхьэкIэ лъэныкъуитIым я зэныкъуэкъум зыри зыпэмыплъа ещанэри къыщыхыхьи къохъу. Абы и щапхъэу къэпхьыфынущ Урысейм и цIыхухэр Сирием щекIуэкI зауэм зэрыхэтым епха Iуэхур.
Абы теухуауэ нэхъапэм жаIэхэр зэщхьэщыкIырт. Урысейм и цIыхухэр а къэралым оппозицэм и телъхьэу зэрыщызауэр белджылы къэхъуащ зэгуэр цIэрыIуэу щыта шэшэн губгъуэрыс командир Гелаев Руслан и къуэ Рустам Сирием зэрыщаукIам теухуа хъыбарыр къэIуа иужь. А зэманым мыпхуэдэу жаIат: Кавказым и цIыхухэр Сирием къыщыхъуа зэпэщIэувэныгъэм хэткъым, абы теухуауэ къат хъыбархэр хьэгъэщагъэщ.
АрщхьэкIэ, зэман мащIэ дэкIри, ди хэкуэгъухэр а зауэм и курыкупсэм зэрыхэтым щыхьэт техъуэхэр нэхъыбэ хъууэ хуежьащ. Къапщтэмэ, «зыкъэзыIэтахэм» зэбграгъэх видеохэм щызэхэпх хъуащ урысыбзи. Унэхэм лэчкIэ е лъыкIэ тратха урыс псалъэхэр плъагъурт.
Псори наIуэ хъуащ ФСБ-м и унафэщI Бортников Александр Урысейм икIа щIэхъаджащIэхэу 200-м нэблагъэ Сирием щызауэу жиIа иужь.
Инджылызым щыIэу УФ-м и Президент Путин Владимир щыхьэт техъуащ оппозицэм къыдэщIыну Сирием ди хэкуэгъу 600-м нэблагъэ зэрыкIуам.
Абы щыгъуэми, зым и жьауи щIэмыт IэщIагъэлIхэм къалъытэ «Кавказ Ищхъэрэмрэ Поволжьемрэ икIа цIыхухэу Сирием щызауэхэм я бжыгъэр 800-м нэхърэ мынэхъ мащIэу. НэгъуэщI Iуэху еплъыкIи щыIэщ: муслъымэнхэм «Зэакъылэгъуныгъэ» зыфIаща фондым щыщхэм ягъэхъыбар Дагъыстэным икIауэ цIыху 200, Шэшэным — 480-рэ Сирием щызауэу.
А бжыгъэхэм я пэжагъыр зэхагъэкIыныр УФ-м и щэхурылажьэ IуэхущIапIэхэм я дежкIи гугъу хъунущ: «джихадым» кIуэ цIыхухэм зыщIыпIи зыщрагъэтхыркъым, езыхэми хэIущIыIу замыщIмэ, нэхъ къащтэ. Уеблэмэ «моджахед» хъунухэм я адэ-анэхэм я къуэхэр сирие фронтым къызэрыщыхутар къыщащIэр зыкъом дэкIа иужьщ.
ЖытIа псоми ящыщу шэч къызытумыхьэнур зыщ: ди къэралым щыщ муслъымэнхэр Сирием и президент Асад Башар и къарухэм япэщIэувахэм яхэтщ. Ахэр зыхуэдизыр IэщIагъэлIхэм зэхагъэкIынщ. Дэ ди къалэныр я хэку мамырым икIыу урысей муслъымэнхэр мафIэм щIыхыхьэм и щхьэусыгъуэр зэдгъэщIэнырщ.
«Имарат Кавказ» террорист-экстремист зэгухьэныгъэмрэ абы хэмызагъэу щхьэхуэ зызыщIа «Идель-Урал» вилайетымрэ (Тэтэр, Башкирие) ящыщ щIэпхъаджащIэхэр сэтей къэтщIыным дыхунэмысу, щIалэгъуалэм ящыщ гуп зэрехьэжьащ нэгъуэщI къэралхэм езыхэм я дин Iуэхухэр щыпхагъэкIыну.
1936 — 1939 гъэхэм Испанием къыщыхъуам дыдейхэр зэрыхэтар уигу къегъэкIыж мыбы. Коммунист пашэхэм щэхуу хуащIа унафэр ягъэзащIэу, абы щыгъуэм Дзэ Плъыжьым и офицерхэр интернационал бригадэхэм хыхьэрт республикэ правительствэм къыдэщIу зэуэн папщIэ. Дэ тщыгъупщэнукъым а зэпэщIэтыныгъэр. Ауэ зэи къытхуэщIэнукъым абы ди цIыхуу сыт хуэдиз хэкIуэдами.
Иджы апхуэдэ Iуэхущ Сириер зыхэтыр. Ауэ ди хэкуэгъухэм Iэщэ къащтэу зыкъуэувар а къэралым и унафэщIхэракъым, атIэ абыхэм я бийуэ зыкъэзыIэтахэрщ икIи ахэр зыгъакIуэр парткъым, атIэ езыхэм я щхьэпсыншагъэрщ. Испанием щызэуахэмрэ иджы Сирием кIуэхэмрэ я Iуэхур зэщхь зыщIыр я гъащIэр зым щымыщу хамэ къэрал зэрыщаухырщ.
Интернационал бригадэм хэту Испанием щызэуахэр я фIэщхъуныгъэр, зыщIапIыкIа социалист хабзэхэр яхъумэну кIуамэ, сыткIэ бгъэзахуэ хъуну «джихадым» и бэракъ фIыцIэхэм щIэту «суннит хъалифэт» къызэгъэпэщыным щIэзэу ди хэкуэгъухэр?
ГурыIуэгъуэщ къаугъэр ауэ сытми къызэрымыхъейр икIи Асад и IуэхущIафэхэмкIэ мыарэзыхэр езы Сириеми нэгъуэщI къэралхэми зэрыщыIар. АрщхьэкIэ зэхэуэхэм щIидза иужь, Сирием и цIыху мелуан 23-м щыщу мелуан 19-м ягъэзэхуар, зыкъуэувар «диктатор лъыифырщ». Абы къигъэлъагъуэркъэ цIыхубэр зи телъхьэр хэтми?
Езы «оппозицэр» утхъуащ. Абы къыхэкIыу зы илъэсрэ ныкъуэм къриубыдэу зы цIыхуи къагъэувыфакъым псори къигъэдэIуэфыну, пщIэрэ щIыхьрэ иIэу, и политикэ мурадхэр зэхэщIыкIыгъуэу. «Сирие дзэ щхьэхуитым» теухуауэ белджылыр ислъам гуп зэмыщхьхэу 30-рэ «ХАМАС» палестинэ террорист зэгухьэныгъэмрэ абы зэрыхэтырщ.
Апхуэдэуи щэхукъым зыкъэзыIэтахэм къадэщIу дунейм и щIыпIэ куэдым икIахэр зэрызауэм. Абы щыхьэт тохъуэ яукIа «щхьэхуитщIыжакIуэхэм» къыкъуаха тхылъхэр. Сирием къыщыдэкI «AI-W-aL-an» газетым 2011 гъэм и щэкIуэгъуэм къытридзащ Хомс, Алеппэ, Дейрэз-Зурэ щаукIа зэуакIуи 142-м я цIэ-унэцIэхэр. Ахэр къэрал 18-м икIахэщ. Абыхэм ящыщу 47-р — Сауд Хьэрыпым, 27-р — Ливием, 10-р — Тунисым, 9-р — Мысырым, 6-р — Катарым, 5-р — Ливаным, 11-р — Афганистаным, 5-р — Тыркум, 3-р — Урысейм, 1-р — Чадым, 1-р — Азербайджаным я цIыхухэщ.
ЗэрыгурыIуэгъуэщи, езыхэри къыздикIа къэралри зэхагъэкIа нэужьщ апхуэдэхэм я цIэ-унэцIэхэр хэIущIыIу щащIыр. Сыт хуэдиз хэкIуэда паспорт ямыIыгъыу? Тыркумрэ Сириемрэ я гъунапкъэр щызэпаупщIкIэ зихъ ихуахэм щIалэхэм тхылъхэр, ахъшэр, жып телефонхэр Iах а къэралыр ямыбгынэфын хуэдэу.
КъуэкIыпIэ Гъунэгъум щIыхь къыщалъыхъуэну Кавказ Ищхъэрэмрэ Поволжьемрэ икIахэм ящыщу сыт хуэдиз хэкIуэдами къыпхуэщIэнукъым.
КъуэкIыпIэ Гъунэгъу политикэмкIэ Вашингтон институтым и IэщIагъэлIхэм къабжащ 2012 гъэм Урысейм и цIыху 17 Сирием щыхэкIуэдауэ. Ауэ ар белджылыуэ бжыгъэ мащIэIуэщ.
Ди цIыхухэр Сирием щекIуэкI лъыгъажэм хэшэным теухуа лэжьыгъэр зы махуи къызэтеувыIэркъым. Интернетым сайт зыбжанэ иIэщ Урысейм щыщ муслъымэнхэр «джихадым» хыхьэну икIи апхуэдэ щIыкIэкIэ муслъымэным и къалэныр ягъэзэщIэну къыщыхураджэу.
Сирие фронтым Iухьэну нэхъ тезыгъэгушхуэщ Набережные Челны къыщалъхуа, илъэс 33-рэ зи ныбжь Булгарский Сэлмэн, ар дыдэр Вахитов Айрэтщ. НыбжькIэ щIалэми, абы гъуэгуанэшхуэ икIуащ: езыр щалъхуа къалэм мыдрисэр къыщиуха иужь, Афганистаным щыIащ тIалибхэм ядэIэпыкъуу, американхэм гъэру яубыдащ, террорист нэхъ шынагъуэ дыдэхэм щхьэкIэ щыIэ Гуантанамэ лъэхъуэщым илъэс зыбжанэкIэ исащ. Урысей дипломатхэм ар хуит къащIыжыфащ. АрщхьэкIэ абы дерс къыхимыхыу, Алыхьыр зи фIэщ мыхъухэм япэщIэувэну цIыхухэр къыхуриджэу щIидзащ. Сирием и Iуэхур щекIакIуэм, Вахитовым гъунэгъу зыхуищIащ зауэм. Iэщэ яIыгъыу нэгъуэщI къэрал «муслъымэн революцэр» хъумэным хузэщIэзыгъэст щIалэр здэщыIэр Сириеркъым, атIэ Тыркурщ — автомат къимыщтэу Iуэхур зэфIегъэкI. Аращ Урысейм и щIалэхэм зауэ щекIуэкI щIыналъэм зэрыкIуэну билет къезытыр. ЩIегъуэж хъумэ, къызэрагъэзэжын билет зыми иратынукъым. ЗэрыжаIэщи, Алыхьым гущIэгъу къахуищIыну щыгугъыну аращ.
ЩIэджыкIакIуэхэм ящыщ гуэрхэр щIэупщIэнкIэ хъунщ: иримыгъэлейуэ пIэрэ мы тхыгъэр зи IэдакъэщIэкIым? Урысейр игъэпIейтеин хуей и цIыхухэм ящыщхэр Сирием зэуакIуэ зэрыкIуэм?
Абы и жэуапыр мыращ: 2011 гъэм къыщыщIэдзауэ муслъымэн щIалэгъуалэм ящыщхэр нэгъуэщI къэралхэм макIуэ ислъам зэгухьэныгъэхэм ядэIэпыкъуну. Ар дымылъагъуу фэ зытедгъауэми хъунущ, ауэ ди нэхэр дуфIыцIкIэ Iуэхур зэфIэкIыну?
ЗэкIэ абы псоми зэхахыу тегузэвыхьар Тэтэрымрэ Шэшэнымрэ я властхэм я закъуэщ. Иужьрейхэм ФСБ-р я щIэгъэкъуэну къабжащ республикэм икIыу «джихадыр» пхагъэкIын мурадкIэ Сирием кIуахэм я бжыгъэри. Щэ ныкъуэм щIигъуу къыщIэкIащ. Ауэ ахэр зыхуагъэфащэ къудейщ. Зыщыгъэгъупщэн хуейкъым Шэшэным нэмыщI Дагъыстэнри, Къэбэрдей-Балъкъэрри, Ингушри, Осетие Ищхъэрэри, ваххабизмэр пхагъэкIыну хущIэкъу гупхэм абгъуэ щащIа нэгъуэщI щIыналъэхэри зэрыщыIэр.
Мыбыи дегупсысыну и чэзущ: ди къэралым и щIэпхъаджащIэ зэгухьэныгъэхэр сыт хуэдэу бгъэдыхьэрэ езыхэм зыхашэфыну зыщыгугъахэм ящыщхэр нэгъуэщI къэралхэм зэрыкIуэм?
«Ди моджахедхэм» я унафэщI Умаров Доку нэгъабэ жиIагъэххэт «джихадым» и гъуэгум теува я къуэшхэм я Iуэхур Сирием къащехъулIэну тхьэ яхуелъэIуну. Абы а къэралым кIуэуэ щызэуэну зыри къыхуриджакъым. Иджы, къызэрыщIэкIымкIэ, Булгарский Сэлмэн Умаровым ныкъуэкъуэгъу хуэхъуащ, а тIум я «къуэшхэр» къызыхураджэр зэтехуэркъым.
Зыгуэрхэм къалъытэнщ ар хъарзынэу: Кавказ Ищхъэрэм щыIэ щIэпхъаджащIэхэм я бжыгъэм кIэроху, апхуэдэу щыщыткIэ — ткIиягъыр нэхъ къыщыщэбэнущ. АрщхьэкIэ лъэпкъхэм щIалэгъуалэр зэрафIэкIуэдыр къэлъытэн хуейкъэ? Урысейра е нэгъуэщI къэрал щаукIыр — тIум щыгъуэми цIыхущхьэ пфIэкIуэду аракъэ?
Мыбы нэгъуэщI Iуэхуи хэлъщ. «Джихадым» и телъхьэу зэуэну Сирием кIуахэр мафIэм зэрыхыхьэу щIогъуэж, ауэ абы къыхэкIыжыну Iэмал яIэжкъым: фигу къэдгъэкIыжынщи, я паспортхэри, ахъшэри, жып телефонри Тыркум щыIэ амирым иIыгъщ. Аращи, махуэ къэс псэзэпылъхьэпIэ Iуэхухэм хэтын хуей мэхъу. Абыхэм Iэмал ягъуэтрэ къагъэзэж хъужыкъуэмэ, лъы зыгъэжахэм зэса Iуэхум памыщэну хэт жиIэфыну? Абыхэм апхуэдэ мурад зэраIэри ябзыщIыркъым. Ахэращ Сирием и унэхэм мыпхуэдэ псалъэхэр кIэрызытхар: «Нобэ Сириерщ, пщэдей Урысейрщ!».
ЩIалэгъуалэ жыджэрыр, зи зэфIэкIыр къэзыгъэлъэгъуэну хуейр, сыт щыгъуи хэтщ мыарэзыхэм я зэщIэхъееныгъэм. Къапщтэмэ, ХIХ лIэщIыгъуэм эсерхэм яхыхьэрти, демократиер зи лъабжьэ социализмэр хапщэн мурадкIэ террорыр тегъэщIапIэ ящIырт. ХХI лIэщIыгъуэм хъалифэт зэмылIэужьыгъуэхэр зэм Урысейм, зэми Сирием «щызэтраухуэ». Ваххабит ныбжьыщIэхэм ящыщхэм къагурыIуауэ къыщIэкIынущ Кавказ Эмират Урысейм къыщызэрагъэпэщыну зэрахузэфIэмыкIынур, апхуэдэу щыщыткIэ, я къару къитхъутхъукIыр нэгъуэщI къэрал гуэрым къыщагъэсэбэпын хуейщ.
ЖытIэнщи, Сирием укIуэну тынш дыдэщ. Тыркум е КъуэкIыпIэ Гъунэгъум щыщ къэрал гуэрым улъэтэн хуей къудейщ. АдэкIэ къыппежьэнущ «уезыгъэблэгъар». Аращи, Сирием укъыщыхутэнущ. Ауэ къэбгъэзэжыныр, граждан зауэм укъыхэкIыжыныр куэдкIэ нэхъ гугъущ. Урысей ваххабит куэдым я хьэдэхэр хамэ щIыналъэм къинащ. Щхьэж къилъыхъуэм хуозэж.
ХАЛИДОВ Висхан.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "30004.txt"
} |
МылIэжыныгъэм стелъщ и щIыхуи, абы и пщIантIэм фыкъыдэплъэ
Къру пашэ
Адыгэ литературэм и къежьэкIэмрэ зыужьыкIэмрэ тепщIыхьмэ, шэч хэлъкъым абы нобэр къыздэсым къикIуа гъуэгум КIыщокъуэ Алим и лIэщIыгъуэкIэ уеджэ зэрыхъунум. Ди литературэр щызэфIэувам КIыщокъуэм япэ ита щыIами (усакIуэшхуэ дыдэхэри яхэту), къэбэрдеибзэ тхыгъэр, псом хуэмыдэу лирикэр, роман лIэужьыгъуэр дунейпсо литературэ щапхъэм изыгъэтIысхьар, изыгъэувар, дунейпсо утыку изышар Алим и гуащIэм къыдэкIарщ. Алим и жьауэм щIэту лъэщу бэкъуащ литературэр.
КIЫЩОКЪУЭ Алим и тхыгъэхэм укъыщеджэкIэ е и псэлъэкIэм ущыщIэдэIукIэ, гу лъыботэ къру пашэм и образыр абы фIыуэ зэрилъагъум, куэдрэ къызэригъэсэбэпым. Лъэпкъ псоми хуэдэу, адыгэхэм Iулыджрэ пщIэ лейрэ хуащIырт бэм я пашэу щытыну зэфIэкI зиIэхэм, «хэкулI» жыхуэпIэнухэм. Апхуэдэхэрт «къру пашэ» щIыхьыр зыхуагъэфащэр. Ар фIыуэ къыхощ революцэм, граждан зауэм, абы къыкIэлъыкIуэ илъэсхэм ятеухуауэ КIыщокъуэм итха романхэм.
СССР-м и УнафэщI Хрущёв Никитэрэ КIыщокъуэ Алимрэ Кремлым щызопсалъэ. 1963 гъэ
Къэбэрдей-Балъкъэрым и унафэщI Мэлбахъуэ Тимборэ КъБАССР-м и ЩIыхь тхылъыр кърет. 1979 гъэ
КIыщокъуэ Алим езыр дапщэщи щытащ дыгъафIэ гъуэгукIэ япэкIэ узышэ пашэу, гъуазэу, литературэм тепщIыхьмэ, ар къру пашэ щIэхъуар и къулыкъу лъагэхэракъым — и къалэмыпэм къыщIэкIахэращ. Зэбгъэпщэн, зыпэплъытэн щымыIэ и усэхэмрэ прозэмрэщ. Лъэпкъ литературэм и жьантIэр иIыгъыу къызэрекIуэкIарщ.
Пэжщ, мыбыи егупсысын хуей мэхъу: сэ къысфIощI литературэм и пашэу зэрыщытым (и лэжьыгъэмкIи, и тхыгъэмкIи) ар нэхъ лейуэ иригъэгупсысу екIуэкIауэ тхакIуэм и къалэнхэм, усакIуэм («поэтым» жиIэмэ, нэхъ къищтэ хуэдэщ Алим, а псалъэм нэхъыби къызэщIеубыдэ) гъащIэм щиIыгъ, щиIыгъын хуей увыпIэм… УсакIуэу абы иримыгузавэ, иримыгулэз щыIэу къыщIэкIынкъым. Алим къалэм къызэрищтэрэ ирогумэщI усакIуэм и цIэ лъапIэр, лъагэр щIыхь пылъу зехьэн Iуэхум, а къалэныр нэхъ екIуу гъэзэщIэным. Дигу къэдвгъэгъэкIыжыт аддэ пасэу, литературэм щыхыхьа дыдэм игъафIэу щыта хъуэпсэныгъэр: «Хыр си шакъалъэу къалэм хуэфащэ сиIатэм…»
Зауэ зэманым итха усэхэмрэ поэмэхэмрэ къагъэлъагъуэ лъэпкъ хьэл-щэныр литературэм щызэфIэувэнымкIэ КIыщокъуэм лъэбакъуэ лъэщ зэричар. Аращ япэ дыдэу зи фэкIи, зи акъылкIи, зи дуней тетыкIэкIи зэрыадыгэр зыми хэмыгъуащэ цIыхухэр лъэ быдэкIэ литературэм хэзышэфар. Абы щыгъуи, а цIыхухэр ди къэрал иным и хэкупсэ нэсхэщ, СССР-м ис адрей лъэпкъхэм я бын псоми хуэдэу псэемыблэжу бий бзаджэм пэщIэту. Iуэхур тынш цIыкIуу щытакъым. Езы КIыщокъуэми ар мызэ-мытIэу къыщыхигъэщащ литературэм, творчествэм ехьэлIауэ итхахэм. «Ди зэманым псэу цIыхум и образ — зыми хэмыгъуэщэну зэщIэкъуауэ, зыщыщ лъэпкъкIи псоми къахэщу, ауэ щыхъукIи, дунейпсо цIыхубэм и хьэл-щэнкIэ зэщIэпсэу, — къэбгъэщIыныр икъусыкъужкIэ къалэн гугъущ», — щыжиIэгъащ абы 1956 гъэм «Вопросы литературы» журналым къытрыригъэдза тхыгъэм.
КХЪУЭIУФЭ Хьэчим,
КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ, Урысей Федерацэм щэнхабзэмкIэ
щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ.
Тхьэр зыхуэупса
Ныбжьэгъугъэм гъунапкъи ныбжьи иIэкъым. Алим сэрэ ныбжьэгъу дыщызэхуэхъуар сщIэжыркъым. Куэд щIащ абы лъандэрэ, си гугъэмкIэ, Хэку зауэшхуэм и зэманырщ, тIури дыхэтащ абы и мафIэлыгъейм. СощIэж Алим илъэс щэ ныкъуэ щрикъуа махуэри. СщIэжыркъым сэ илъэс щэ ныкъуэ сыщрикъуа махуэр. Ауэ нэхъыщхьэр фIыуэ сощIэж: Алим сэрэ зы махуэм дыкъалъхуащ — бадзэуэгъуэ мазэм и 22-м. А махуэм къыщежьагъэнщ дэ тIум дяку дэлъа ныбжьэгъугъэмрэ къуэшыгъэмрэ.
УСАКIУЭ хъун хуейуэ къалъхуат Алим. ТхакIуэ хъун хуейуэ къалъхуат Алим. АбыкIэ къыхуэупсащ Тхьэр. Алим и усэ куэд гукIэ сощIэ сэ: зэ уеджамэ, ахэр пщыгъупщэжынукъым, апхуэдизкIэ зыхыбощIэри. ЦIэрыIуэ дыдэ хъуащ Алим и романхэри — «Хъуэпсэгъуэ нурыр», «Мазэ ныкъуэ щхъуантIэр», «Нал къутар»…
Шэч хэлъкъым: и насыпщ апхуэдэ къалэм гуащIафIэ зыIэщIэлъ тхакIуэм. КIыщокъуэм и къалэмыпэм къыщIэкIа дэтхэнэ тхыгъэми щызыхыбощIэ абы хэлъ лIыгъэмрэ цIыхугъэ лъагэмрэ — а лIыгъэри цIыхугъэри къыдалъхуащ Алим, и лъым, и псэм хэлъщ. Алим зыцIыху псори щыхьэт техъуэфынущ си псалъэм — апхуэдэ цIыхугъэкIэ Тхьэр куэдым яхуэ-упсэркъым. КIыщокъуэм къыхуэупсащ.
БАРУЗДИН Сергей,
тхакIуэ. Москва къалэ. 1989 гъэ.
И напэм зэи епцIыжакъым
Псалъэ гуапэхэр, гурыщIэ Iэджэр, хъуэхъу дахэхэр гъунэжщ. ТхылъымпIэм ирижэну хьэзыр хъуа къалэмыр сIыгъщ зыIэщIэзмыгъэкIыу, тхэну сфIэлъэпIастхъэу. Си псэм къепщIа гуапагъэ Iэджэм сахощыпыхьыж гукIэ. Нэхъ псалъэ хъарзынэ дыдэхэр къыхэсхыурэ, удз Iэрамэу зэхэслъхьэну сыхэтщ. АбыкIэ сыхуэупсэнут Алим, ди адыгэ тхакIуэшхуэм, ди гъуазэм, ауэ, бетэмал, си гухэлъ псори кърисIуэтэну згъуэтыркъым сызыхуей псалъэхэр.
СЫЩЫСЩ, къалэмыр сфIэлъэпIастхъэу. Сыдоплъ щхьэгъубжэм. Дунейр нэщхъыфIэщ. Жыгхэр къакъутэ пхъэщхьэмыщхьэм — Алим и IэдакъэщIэкIхэм хуэдэу ахэр берычэт нэщэнэщ. ЖьакIэху хъужауэ, къуршхэр дыгъэм полыд, къыпыгуфIыкIхэу къыпщохъу. Алим изогъэщхь абыхэм я нэхъ лъагэр, я нэхъ уардэр, я нэхъ бжьыфIэр. Ди Iуащхьэмахуэщ КIыщокъуэм и фэр куэд щIауэ зэсплъыр. Апхуэдэу уардэу, бжьыфIэу Алим къахотэджыкI ди бгырыс тхакIуэхэм. Абы и усыгъэхэр налкъут щыгъэу щызэщIопщIыпщIэ адыгэ поэзием. Алим и романхэм къахотэджыкI зэи уигу имыхуж образхэр — цIыху зэхуэмыдэ Iэджэм я хьэл-щэнхэр, я дуней еплъыкIэхэр, я псэукIэр къызыщыгъэлъэгъуахэр.
КIыщокъуэм и романхэр революцэмрэ абы и ужькIэ екIуэкIа гъащIэмрэ я гъуджэшхуэщ. Мыкъутэжын икIи темыкIыжын гъуджэщи, къэхъуну щIэблэхэр абы иплъэмэ, илъэс блыщIым ди цIыхухэм я псэукIар щалъагъунущ. Ялъагъу къудейкIэ къэмынэу икIи игъэгулэзынущ… Зыщ щIигъэгулэзынури: иджыпсту ежауэ нэгъуэщIхэм сэтей къащIыж пэж шынагъуэр, япэм яхужымыIар е жаIэну зрамыкуар — псори щышынэ зэманым Алим пэжыр жиIэфырт. Абы текIуэдэжи пэтащ. ЗыгъэкIуэдыну хэта жагъуэгъухэми ящыщ куэд псэущ, пцIы супсмэ, ядэнкъым.
Сэ къызолъытэ: зэманым декIуракъым, зэманыр зыхуэдэр наIуэ къэзыщIыфыращ тхакIуэр. ТхакIуэшхуэщ, тхакIуэ нэсщ Алим. ПэжымкIэ пцIым и нэр изыщIыфу псэуа тхакIуэщ, зи напэм зэи емыпцIыжа цIыхущ. Абы и гъащIэр, и тхыгъэхэр, и дуней тетыкIэр узыдэплъеинкъэ, Iущ узэрыхъункъэ, дерс къызыхэпхынкъэ! Мыр си фIэщ мэхъу: уахътыншэщ КIыщокъуэ Алим. Абы и тхыгъэ нэхъыфIхэр лIэщIыгъуэ куэдкIэ псэунущ, дэтхэнэ щIэблэми акъыл къыхихыу.
МЭШБАЩIЭ Исхьэкъ,
Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым,
Къэрэшей-Шэрджэсым я цIыхубэ тхакIуэ.
Мейкъуапэ къалэ.
Пщэдей зауэм щIедзэ. КIыщокъуэхэ Рашидрэ Алимрэ, Рашид и куэщIым ис сабийр Алим ипхъу Танящ. 1941 гъэ
Налшык Дунейпсо Адыгэ Хасэм и япэ Конгрессыр щокIуэкI. Абы щызэхуэзащ Къалмыкъ Юрэ, КIыщокъуэ Алим, Бэчыжь Лейлэ, Мамхэгъ Михаил, Джарым Аслъэн сымэ. 1991 гъэ, накъыгъэм и 20
Кхъужьей жыгыжь
ТIощI гъэхэм я блэкIа жыжьэр си нэгу къыщIохьэж. Сэ иджыри сыцIыкIущ. Зэм шыкIэ, зэм машинэкIэ зы щIыпIэм дикIрэ адрейм дыIэпхъуэу (си адэм и лэжьыгъэр апхуэдэт) Кавказ щIыналъэм и бгылъэ гъуэгухэр щIыдощыкI…
ЗЭМ ТЕБЭРДЫКIЭ къыщыкъугъ дыгъужьхэм сыкъагъэуш, зэми Iуащхьэмахуэ лъапэ дыгъэ къыщIэкIым дыщыIуощIэ, махуэм нарзан псынэхэм зыщыдогъэпскI, бгы джабэхэм зэ къыщыпыдоч, итIанэ, аргуэрыжьу, уафэмрэ щIылъэмрэ щызэтехьэжыр мэщэнауэ, бгыхэри мэщэнауэ — сэ уанэгум сисщ, си щIыбагъымкIэ быдэу саубыдауэ Iэ лъэщхэм саIыгъщ, щIакIуэм къыхих мэ гуакIуэмрэ удзыщIэхэм я мэ IэфIымрэ къысщIехьэ, абыхэм зэзэмызэ сырымэ гуэрхэри къахозэрыхь — ар зыщIыпIэ мафIэ щызэщIагъэстащи, мафIэм и гъусэу пшагъуэри ес — пщыхьэщхьэхуегъэзэкIщ… ИкIи, жейм сыздыхилъафэм, си щхьэм щызэблокI псалъэ гъэщIэгъуэнхэу щэхугъэ гуэрхэр зыхэлъхэр: «Микоян-Щыхьэр, Владикавказ, Красная Поляна…»
КIыщокъуэ Алим и «Кхъужьыфэ» романыр зытепсэлъыхьыр, сыщамылъхуами, си сабиигъуэ пасэр щызгъэкIуа, природэ лъэщым гукъэкIыж Iэджэ сабиигъуэм къыщрина, и дахагъэм и IэплIэ лъэщхэр къыщысхузэIуиха щIыналъэм зэрыщекIуэкIыр арагъэнщ а тхыгъэм гулъытэ лей хуэсщIу сыкъыщIеджар.
КIыщокъуэм и лъэпкъым и псэукIэм, хабзэхэм фIы дыдэу хещIыкI. Абы зыхещIэ лъэпкъым и гурыщIэ псори, и гуауи и гуфIэгъуи. Ар нэ жанщ икIи набдзэгубдзаплъэщ. ТхакIуэм фIэфIщ и лъэпкъ къафэхэм, фащэхэм, унагъуэм щызэрахьэ хьэпшыпхэм тетхыхьыну. ИкIи, зыми хуэмыдэжу, шыхэм…
Алейуэ уэрэдым жиIэркъым адыгэлIым и жейри уанэгум щрихыу. ИкIи мы зи гугъу сщIа псори этнографие гъущэу аракъым, абыхэм я къуагъ къыкъуэлъщ лъэпкъ псом и псэукIэр, и дуней тетыкIэр, а лъэпкъым къэрал гулъытэу къылъысыр зыхуэдэр къызэрыгурыIуэр.
«…Кхъужьей жыгыжь… Жыгыжь IэплIакIуэ. Тетщ Iуащхьэм мажусий диным и зэман лъандэрэ. Абы зэгуэрым ди адэшхуэхэм я адэжхэм щхьэщэ хуащIу щытащ. Зиубгъуащ абы лIэщIыгъуэ бжыгъэкIэрэ, къудамэбэ хъуащ; жыжьаплъэу укъаплъэмэ, жыг зыбжанэ зэхэувэу жыг пщыIэ щхъуантIэ ящIа хуэдэу къыпфIощI… Пасэрей хабзэхэм зэрыжаIэу щытамкIэ, кхъужьей щIагъыр тхьэ елъэIупIэщ. Дин махуэшхуэм деж мыбы вы, бжэн, мэл къахурти, гъущI гъэплъакIэ я натIэр кърагъэсыкIырт, а Iэщыр тхьэм зэрыхуаукIым и дамыгъэу; Iэщ яукIахэм я щхьэхэр жыг къудамэхэм фIадзэрт, сабийхэр ягъэшынэу».
«Кхъужьей жыгыжь… романым хэт КъантIасэ ипхъу цIыкIур щыщIалъхьэж тхьэлъэIупIэ жыг щIагъ. А хъыджэбз цIыкIур шыгъу къэп къихьу къыздэкIуэжым, зэхэуэм хэхуэри къаукIащ. КIуэ пэтми нэхъыбэ мэхъу кхъужьей жыгыжьым и щIагъым щIэт кхъэхэр. «Зи щхьэкIэхэр фIэхъус пэлъытэу цIыхухэм къахуэзыший кхъужьей жыгыжьымкIэ гупым иунэтIащ. Хъууэ щIэзыдза кхъужьхэм я дыжьыныфэ зэщIэлыдэм жыг тхьэмпэхэм я щхъуантIагъэр хэшыпсыхьыжырт… Тхьэ жыг щIагъым мамыру щIрелъ хэкIуэдахэр…»
А жыгым и тхьэмпэхэр иджыри куэдрэ Iущэщэнущ, абы иджыри куэдрэ кхъужь къыпыкIэнущ, абы и щIагъыр уэшхым зыщахъумэн щхьэкIэ цIыхухэм егъэзыпIэ яхуэхъунущ. Жыг уахътыншэ. Лъэпкъым и гъащIэ жыг.
ОГНЕВ Владимир,
критик.
Москва къалэ.
1979 гъэ.
Уэсят
Алим и япэ усэ тхылъыр 1941 гъэм дунейм къытехьащ. Ар къыздищтэри, зауэм Iухьауэ щытащ усакIуэр. Абы и ужькIэ Алим и къалэмыпэм къыщIэкIащ усэ тхылъ Iэджи роман зыбжани. Нобэ хэт дежкIи IупщIщ КIыщокъуэм и IэдакъэщIэкI тхыгъэхэм зэманыр зэрыпэмылъэщар: ар ди лъэпкъым хуэупсащ нэр темыпыIэу зызыужь етIощIанэ лIэщIыгъуэ хьэлъэм и гупсысэ пашэхэмкIэ гъэнщIа, зи художественнэ къарур кIуэ пэтми къебл, зэманым къигъэув упщIэхэм я нэхъ куум жэуап зыщагъуэт тхыгъэ телъыджэхэмкIэ.
АЛИМ И УСЭМРЭ и прозэмрэ адыгэ художественнэ гупсысэр фащэщIэкIэ зэраузэдар, абы и кууупIэм, и уэрыпIэм, и гуащIапIэм унэзышэс къару а усэмрэ прозэмрэ зэрабгъэдэлъыр хэт дежкIи IупщIщ.
КIыщокъуэм и усыгъэхэм, и роман гъуэзэджэхэм яубзыхуащ зауэ нэужь илъэсхэм гъуэгуанэщIэ техьа къэбэрдей литературэм и хэкIыпIэ нэхъыщхьэхэмрэ и хабзэхэмрэ. Нобэрей ди литературэм и лъэпкъ фащэхэр, абы къыпэплъэ зыужьыныгъэм и гъэзапIэхэр зыубзыхуар, псом япэрауэ, КIыщокъуэ Алимщ.
КIыщокъуэм и къалэмым къигъэщIа дэтхэнэ образри къулейщ, сыт хуэдэ гугъуехьми банэурэ пхыкIыф, ар къарурэ гуащIэкIэ зуплIэнщIыф цIыхущ Алим ди пащхьэ къригъэувэр — абы дыдригъэплъеин, щапхъэ трыдигъэхын щхьэкIэ. Алим и усэ пасэхэм къыщыщIэдзауэ, щIэщыгъуэщ а образыр, дапщэщи пфIэхьэлэмэтщ абы и гурыгъу-гурыщIэхэм, и IуэхущIафэхэм, и хъуэпсапIэхэм уакIэлъыплъыныр. ЕтIощIанэ лIэщIыгъуэ зэрыхьзэрийм и архъуанэ Iэджэм ущрохьэлIэ а цIыхум, дэнэ ущрихьэлIэми, уетхьэкъу и псэм хэлъ мафIэмрэ и гурыщIэ гъунапкъэншэхэмкIэ. А цIыхур Алим и усэм дапщэщи щыщIэщыгъуэщ, щыкъулейщ. Апхуэдэ цIыхущ мыпхуэдэ псалъэр зи гущIэм къиIукIар:
Махуэ екIуэкIым сыпIащIэу,
ХузэIузощэ сэ данэ.
ГъащIитI къалэныр зы
гъащIэм
ЗэфIэдгъэкIыну добанэ.
Къарум къыхохъуэ,
Зэм хощIыр.
Сэ сщIэн си гугъэм
и ныкъуэ
СымыщIэфауэ
къысфIощIри
Абы ирохъур сигу ныкъуэ…
Апхуэдэущ Алим дунейм зэрытетар — ищIар фIэмащIэрэ нэхъыбэм хуэпабгъэу. ИщIамрэ хузэфIэкIамрэ езым фIэмащIэми, дэркIэ фIыгъуэ мылъытэщ абы къызэринэкIа дэтхэнэ тхыгъэри. Апхуэдэ тхыгъэщ Алим и романхэр — ди лъэпкъым иужьрей илъэсищэм къикIуа гъуэгуанэ хьэлъэм и тхыдэщ ахэр.
КIыщокъуэ Алим и зы романи дунейм къытехьакъым псалъэмакъ ирамыщIэкIауэ. Сыт хуэдиз дэуэгъу иIа, псалъэм папщIэ, «Хъуэпсэгъуэ нурым» — Алим и япэ романым! Къэхъуами къэхъунуми «щыгъуазэхэм» тхакIуэр ягъэкъуэншауэ щытащ лъэпкъыр зэзыуштыжа революцэм «хэлIыфIыхьа» гуэрым пцIы трилъхьауэ ялъытэри. Апхуэдэ псалъэмакъ иращIэкIащ «Мазэ ныкъуэ щхъуантIэми». «Пэжым темыплъэкъукI плъырхэр» къэзыгъэчэпар «Нал къутарщ» — щIэх ужьыхакъым а романым иращIэкIа псалъэмакъ мыфэмыцыр, «гупкIэм ис» куэд ирауштауэ щытащ абы, еджари емыджари ирагъэбэнащ. Абы къыщызэтенакъым, псалъэмакъым фIэкIри, «унафэ» тращIыхьащ романым. Апхуэдэ зэманщ КIыщокъуэ Алим и романхэр дунейм къыщытехьар: лъэбакъуэ лей пчы щымыхъу, цIыхур и жьэм «хуэсакъын» хуейуэ щрахулIа зэманщ. «Гупсыси, псалъэ, зыплъыхьи, тIыс» псалъэжьым шэч хуащI щыхъуа зэмант ар, упсэлъэн и пэ умыгупсысэмэ, «утIысынри» зыхуэIуа щыIэтэкъым…
Алим и дэтхэнэ тхыгъэри гъэнщIащ гупсысэр зыгъэлажьэ, гъащIэмрэ зэманымрэ я кууупIэр зи лъабжьэ псалъэмакъкIэ. Тхыдэр игъэбатэми, нобэрей дунейм и шыфэлIыфэр, и зэхэлъыпIэхэр, и унэтIыпIэхэр игъэнахуэми, КIыщокъуэм и къалэмым цIыхум и гущIэлъапсэр къызэрегъэдзэкIыф, абы и фэм дэкIымрэ и гум щыщIэмрэ ди пащхьэ кърелъхьэф.
Алим и тхыгъэхэращ къэбэрдей литературэм и цIэр къэрал псом щызыгъэIуар — ар хэт дежкIи гурыIуэгъуэщ, нэрылъагъущ. Ди литературэр зи лъабжьэр куу, зи пщIэр лъагэ художественнэ хъугъуэфIыгъуэ хъуамэ, ар, псом япэрауэ, зи фIыщIэр КIыщокъуэ Алимщ. Шэч хэлъкъым: мэзым зы жыг закъуэ фIэкI щIэмытамэ (ар сыт хуэдизкIэ абрагъуэми), абы мэзкIэ еджэнтэкъым. Алим ящыгуфIыкI зэпытащ ди литературэм къыщIэтаджэ щIэблэхэм, лъэкI къигъэнакъым, ахэр иущиин, гъуэгу захуэ тригъэувэн щхьэкIэ. Ди литературэм нобэ щылажьэ дэтхэнэри къыщIэтэджащ шу пашэм и щапхъэм.
Щапхъэ хъун мащIэ къызэринэкIакъым КIыщокъуэ Алим. Къалэмыр нобэ зыгъабзэ дэтхэнэми и къалэнщ ди литературэм лъэбакъуэщIэ иригъэчыныр. Алим щIэблэм къахуигъэна уэсятщ ар — шу пашэм и гъуэгум зэрыпащэн гуащIэрэ зэфIэкIрэ зыбгъэдэлъырщ, абы щIэкъурщ КIыщокъуэм и щапхъэм, и фэеплъым хуэфащэ щIэблэр. Ди лъэпкъ щэнхабзэм и пщIэр лъагэ зэрыхъунырщ тхакIуэ щэджащэм и ужь къина псори зыхуэлэжьэн хуейр. Ар зыхузэфIэкIын щIэблэ къыщIэхъуэнырщ КIыщокъуэ Алим хъуэпсапIэрэ плъапIэу иIар.
Къэрмокъуэ Хьэмид.
Налкъут мыункIыфI
ГукъэкI бжыгъэншэрэ гупсысэ мыужьыхкIэ гъэнщIащ КIыщокъуэ Алим и тхыгъэхэмрэ гъащIэмрэ, кууагъ и лъэныкъуэкIэ абы бжьыпэр щиIыгъщ бгырыс лъэпкъхэм я литературэм, хуэфэщэжу къыхужаIэ «Иджырей Кавказым и акъылыфIэ» псалъэхэр.
ЖЫПIЭНУРАКЪЭ, лIэщIыгъуэ дызэрытым лъэпкъым къикIуа гъуэгуанэм и фIыпIэри и гуащIагъри КIыщокъуэм Iэзагъэ уардэкIэ къипщытэжащ, пкъырэ псэрэ хэлъу ди пащхьэ кърилъхьэжащ, къэкIуэнум хуэунэтIа дерс IущкIэ ипсыхьащ. БлэкIам хэлъа бзаджагъэхэмрэ щыуагъэхэмрэ темыгъэзауэ, фIыгъуэм щIэбэнын — аращ КIыщокъуэм цIыхубэр зыхуиущийр. А гуращэращ КIыщокъуэм и тхыгъэхэм я пщIэр нэхъри зыгъэлъагэр.
Дэтхэнэ зы тхакIуэшхуэми хуэдэу, сакъыу икIи ткIийуэ ехъумэ КIыщокъуэ Алим цIыхубэ гъащIэм и лIэужь къабзэхэр, зыхилъхьэ щымыIэу.
Ди зэманым и гуращэхэмрэ и хабзэхэмрэ цIыху гъащIэм хэпщауэ сэтей къищIын мурадкIэ, КIыщокъуэм и усэхэми и романхэми щыгъунэжщ лъэпкъ тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ къыщIауIукIа нэщэнэ налкъутхэр, лъэпкъым ныбжь и ныбжькIэрэ зэригъэпэща цIыхугъэ фащэхэр, хъыбар налъэхэр, сюжет гъэкIэрэхъуа къызыхэкI къэхъукъащIэхэр, жырыпкъыу псыхьа псэлъафэ шэрыуэхэр — щIэ щIэткъым цIыхубэ гъащIэр цIыхубэм и бзэкIэ «къигъэпсэлъэн» папщIэ тхакIуэм къигъэсэбэп Iэмалхэм.
КIыщокъуэм Алим и эстетикэм тхы къупщхьэ папщIэу пхыкI лIэужьыгъуэхэм ящыщщ лIыхъужьыгъэр, хахуагъэр, ахэр зи пщалъэ щIыхьыр, цIыхугъэр. ЖыпIэ хъунущ а лIыхъужьыгъэхэр ди нобэрей щэнхабзэм налкъут мыункIыфIыж зэрыхуэхъуар Алим куэдыкIейкIэ и хьэрычэту. ЛIыгъэр зищIысыр къэзыгъэлъагъуэ тхакIуэр езыри зэрымылIыгъэншэм и щыхьэт наIуэщ абы и къалэмыпэм къыщIэкIа тхыгъэ купщIафIэхэр.
СОКЪУР Мусэрбий.
1982 гъэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "30007.txt"
} |
Сафаралиев Гаджимет: Урысейм дуней псом иригъэлъагъунущ олимпиадэр щрагъэкIуэкI щIыпIэм адыгэхэр иджыри зэрыщыпсэур
Къэрал Думэм Лъэпкъ IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Сафаралиев Гаджимет «Урысейр псоми ейщ» порталымкIэ тепсэлъыхьащ ди хэкуэгъухэм ятеухуа хабзэубзыху проектым щIэрыщIэу зэрыхэплъэжынум икIи 2014 гъэм екIуэкIыну Олимп Джэгухэр къыщызэIуахкIэ адыгэхэм я щэнхабзэр зэрагъэлъэгъуэнум.
— Иджыблагъэ уэ жыпIащ ди хэкуэгъухэм ятеухуа хабзэубзыху проектым зэгъэзэхуэжыныгъэхэр зэрыхалъхьэжынур. А лэжыгъэр дэнэ нэса?
— Зэгъэзэхуэжыныгъэхэр иджыри халъхьакъым, ауэ а лэжьыгъэр и кIэм ноблагъэ. Мы Iуэхур зэгъэщIылIари шэрджэсхэм я закъуэкъым — ар ехьэлIащ ди хэкуэгъухэу къэтлъытэн хуей псоми. Дэ зи гугъу тщIы проектым хэдгъэхьэну къытхуэнэжар зыщ — зэгуэр Урысей империем щыпсэуа лъэпкъхэр, щхьэтечу жыпIэмэ, шэрджэсхэр, ди хэкуэгъуу къэтлъытэ зэрыхъунур.
Законым ди хэкуэгъухэу къилъытэр 1917 гъэм и пэкIэ Урысейм щыпсэуахэм я закъуэт. Зэман дэкIри, дэ нэхъ лъэхъэнэ жыжьэ дыIэбэ хъуащ. АрщхьэкIэ нобэ зи гугъу тщIыфынур мыращ: Сирием щыщ шэрджэсхэр къэтшэжыныр зэдгъэхъулIэми, зи адэжь лъахэ къэкIуэжыну хуеинур а лъэпкъым щыщу зи гугъу тщIы къэралым щыпсэухэм я проценти 10 — 15-м щIигъунукъым.
— Проектым халъхьэ зэгъэзэхуэжыныгъэхэм къэралым и Iэтащхьэр щыгъуазэ фщIат?
— «Ди хэкуэгъухэр» псалъэм и мыхьэнэм зедгъэубгъун мурадкIэ, Путин Владимир зыбжанэрэ зыхуэдгъэзащ. ИкIэм-икIэжым ар ди телъхьэ хъуащ. Абы къыджиIащ: дищIхэм нэхъапэм щыпсэуахэр Iэмал зэриIэкIэ нэхъыбэу зэтшэлIэжмэ нэхъыфIщ.
Проектым дяпэкIи делэжьынущ икIи дыхуейщ а программэр ахъшэшхуэкIэ щIэдгъэбыдэну. КъэкIуэжхэм къанэ щымыIэу щIэныгъэ нэхъыщхьэ яIэщ. Абыхэм я зэфIэкIхэр къыщагъэлъэгъуэфынущ медицинэм, юриспруденцэм е бизнесым. АрщхьэкIэ фIэкIыпIэ имыIэу хуагъэувыр зыщ: къэкIуэжхэм ди къэралым зегъэужьыным къару ирахьэлIэн хуейщ.
— «Ди хэкуэгъухэм я IуэхукIэ» хабзэ егъэфIэкIуар сыт хуэдэ щIыкIэкIэ пхагъэкIыфыну?
— Си гугъэщ а программэр ехъулIэныгъэ хэлъу ягъэзэщIэфыну икIи ар мыIейуэ ахъшэкIэ щIагъэбыдэну. ПсэупIэ и лъэныкъуэкIэ квотэхэр сирие адыгэхэм я лъэпкъэгъухэр щыпсэу республикэхэм я мызакъуэу, Хабаровск крайми КъуэкIыпIэ Жыжьэми иратынущ. Мы Iуэхур хуэгъэзащ ахэр лэжьыгъэкIэ къызэгъэпэщынми.
— Зэгъэзэхуэжыныгъэхэм гъуэгу ягъуэтрэ?
— Ди дежкIэ нэхъыщхьэ дыдэр УФ-м и Президент Путин Владимир ди гупсысэр къызэрыддиIыгъарщ. Си гугъэщ мыгувэу Iуэхур ипэкIэ кIуэтэну. Дэ къытхуэнэжыр абы дыпэплъэнырщ.
— Уэ къэплъытэрэ Сирием къикIыж адыгэхэм я адэжь лъахэм лъабжьэ щагъуэтыну?
— Абы шэч хэлъкъым. Езы шэрджэсхэм я бжыгъэр Урысейм зэрыщымащIэр (мелуанми нэсыркъым), къэплъытэмэ, дауи, дэ абыхэм дахуеинущ.
Арыншамэ, абыхэм хэщIапIэ ящIынущ Израилыр, Иорданиер, Тыркур, США-р. Адыгэхэр 1763 — 1864 гъэхэм екIуэкIа Урыс-Кавказ зауэм гущIэгъуншэу дуней псом щрикъухьауэ щытащ.
— Урысейр Сирием щыщ адыгэхэм ядэIэпыкъун хуей?
— Псом япэу дэIэпыкъун хуейр щIыналъэ е федеральнэ правительствэхэм я мызакъуэу, езы лъэпкъырщ. Ар зыхуэгъэзауэ щытыпхъэр ахъшэ яхузэхуэхьэсынырщ, щIыпIэхэм кIуэуэ щIэгъэкъуэн яхуэхъуфыну жылагъуэ зэгухьэныгъэхэр куэдыкIейуэ къызэгъэпэщынырщ. Абы папщIэ Iэмалхэр щыIэщ.
— Олимпиадэр я адэжь щIыналъэм щрагъэкIуэкIыныр зымыдэхэр нэгъуэщI къэралхэм щымащIэкъым. Шэрджэсхэми хуэдэу, я жагъуэ къызэращIар ягу къагъэкIыжыфынущ нэгъуэщI лъэпкъхэми… Хэт абы зи фейдэ хэлъыр?
— Мыр Iуэху бгъэдыхьэкIэ къемызэгъщ. Олимпиадэр екIуэкIынущ икIи ар зыми къызэпиудыфынукъым.
Шэрджэсхэм я гугъу пщIымэ, Олимпиадэр къыщызэIуахкIэ адыгэхэм я лъэпкъ- щэнхабзэ лъапIэныгъэхэр ягъэлъэгъуэнущ. ГуфIэгъуэ зэхыхьэм шэрджэс къафэхэр, «Нарт» эпосым ехьэлIа гъэлъэгъуэныгъэхэр, мы щIыналъэм нэхъапэм щыпсэуа иджыри щыпсэу цIыхухэм я къекIуэкIыкIар къэзыIуэтэж куэд хэтынущ. Псори гъэхуауэ икIи убзыхуауэ щытынущ. Ар Дунейпсо Олимп комитетымрэ (МОК) Сочэ-2014-м и КъызэгъэпэщакIуэ комитетымрэ къалъытащ.
КIэщIу жыпIэмэ, Урысейм дунейпсо жылагъуэм иригъэлъагъунущ щIымахуэ Олимпиадэр щекIуэкI щIыпIэм зэгуэр шэрджэсхэр зэрыщыпсэуар. Щыпсэуа къудейкъым, атIэ иджыри щопсэу ди Хэкум — лъэпкъ куэдым зэдай Урысейм и тхыдэ, лъэпкъ, щэнхабзэ лъапIэныгъэхэр яхъумэу икIи ягъэбагъуэу.
Епсэлъар Дзэмыхь Маринэщ.
Москва къалэ
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "30014.txt"
} |
Сыжажэ Хьэсэн: Гулъытэншэу зыри къэдгъанэ хъунукъым
2013 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм Бахъсэн щIыпIэ администрацэм лъэIу 215-рэ къыIэрыхьащ. ЦIыху 29-р мылъкукIэ зыщIагъэкъуэну, 89-р — я псэупIэр ирагъэфIэкIуэну, 15-р — щIы IуэхукIэ, 3-р — газ хущIашэну, 6-р — лэжьапIэ IэнатIэкIэ къызэрагъэпэщыну, 7-р — я унэр хузэрагъэпэщыжыну мэлъаIуэ, нэгъуэщI лъэIухэри щыIэщ.
ЩIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Сыжажэ Хьэсэн цIыху 13-м зыкъыхуагъэзащ.
Апхуэдэу, я унэр мафIэм зэрисам къыхэкIыу, ПсыкIэху къуажэ щыщ Дзэмыхьхэ я унагъуэм зыщIагъэкъуащ. Сабий зеиншэ, ныкъуэдыкъуэ Шинкарёв Бронислав и узыншагъэр иригъэфIэкIуэну Саратов зэрыкIуэну гъуэгупщIэр хуатащ.
КIуэтэхукIэ нэхъыбэ мэхъу Сыжажэм электрон пощткIэ зыкъыхуэзыгъазэ цIыхухэм я бжыгъэр. Администрацэм и Iэтащхьэм къыхуагъэхь тхыгъэхэр езым и блогымкIэ къыIэрохьэ.
ЛъэIукIэ зыкъыхуэзыгъазэхэм къищынэмыщIа, куейм и Iэтащхьэр къуажэхэм кIуэурэ псори и нэкIэ зрегъэлъагъу, Iуэхур псынщIэу зэфIех.
Куейм и IуэхущIапIэм я унафэщIхэм я къуажэгъухэм зыщIагъакъуэ. «Псори дызэхыхьэнщи, ди лъэпкъэгъухэм дадэIэпыкъунщ!» къыхуеджэныгъэм щIэту Сирием щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм папщIэ ирагъэкIуэкIа марафоным районым сом мин 50 хилъхьащ, «Сабийхэм дадэвгъэIэпыкъу» псапащIэ Iуэхур щрагъэкIуэкIым сом 176.346-рэ зэхуахьэсащ.
Щэбэт щIыхьэхум къыщалэжьа ахъшэмкIэ Хэку зауэшхуэм и ветеранхэм, фызабэхэм, бын куэд зиIэ унагъуэхэм, хуэмыщIауэ псэухэм зыщIагъэкъуащ (псори зэхэту сом 769.508-кIэ).
ПсапащIэхэм зэхуахьэса ахъшэм нэмыщI, бюджетым щымыщ мылъкукIэ я узыншагъэр ирырагъэфIэкIуэну цIыхуибгъум сом мин 81-кIэ ядэIэпыкъуащ.
Алокъуэ Аринэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "30016.txt"
} |
Генерал Нэхущ Мырзэбэч и вагъуэ
Ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэхэм яхэлъащ хахуагъэ, псэемыблэжагъ, жэуаплыныгъэ, нэгъуэщI хьэл-щэн дахэхэри. Абы и щыхьэтщ ди лъахэм и бын куэдым къакIуа зауэ гъуэгуанэхэр, зэрахьа лIыгъэр, ягъэлъэгъуа щапхъэфIхэр.
Хэку зауэшхуэм жыджэру хэтахэм, зи къалэныр хьэлэлу зыгъэзэщIахэм, ди лъэпкъым и тхыдэм зи цIэ-унэцIэр дыщэ хьэрфхэмкIэ хатхахэм ящыщщ Нэхущ Мырзэбэч (абы куэдыр БорискIэ еджэрт) Мэрем и къуэр.
Ар 1923 гъэм бадзэуэгъуэм и 23-м ХьэтIохъущыкъуей Ипщэ (Зеикъуэ) къуажэм къыщалъхуащ. И сабиигъуэр игъэкIуащ гурыхуагъэкIэ, IэужьыфIхэмкIэ хьэблэ сабийхэм къахэщу. Къуажэ еджапIэр хъарзынэу къиухащ. Абы теухуа гуфIэгъуэ пщыхьэщхьэр екIуэкIащ 1941 гъэм мэкъуауэгъуэм и 21 жэщым. Iэджэм щIэхъуэпсырт зи щIалэгъуэ, зи дахэгъуэ ныбжьыщIэхэр. Ауэ абыхэм ящыщ куэдым къапэплъэр зауэ гущIэгъуншэм и гъуэгуанэ гугъухэрт.
Мэкъуауэгъуэ мазэм къриубыдэу Дзэ Плъыжьым ираджахэм яхэтащ Нэхущ Мырзэбэчи. Ар Мэздэгу деж щыхурагъэджащ бийм и танкхэр зэрыпкъутэфыну Iэмалхэм. ИтIанэ ягъэкIуащ Волхов фронтым. Жылагъуэ зыкъомым щызэуащ, танк зэракъутэ фочыр IэщIэлъу. IэкIуэлъакIуэу, лIыгъэ хэлъу и къалэнхэр зэригъэзащIэр щалъагъум, сержант цIэр къыфIащри, цIыху 15-м я унафэщIу ягъэуващ.
Мырзэбэч игъэващ гугъуехь, хьэзаб куэд. Дзэ Плъыжьыр къикIуэтырт, кIэрыхухэр иIэу, ауэ IэщэкIэ фIыуэ зэщIэузэда бий бзаджэми хэщIыныгъэ ириту, гува-щIэхами текIуэныгъэр къызэрихьыну фIэщхъуныгъэр фIэмыкIуэду.
1942 гъэм и гъэмахуэм Нэхущыр зыхэт еплIанэ гвардие фочауэ дивизэр Сталинград и Iэгъуэблагъэхэм щекIуэкI зауэ гуащIэхэм хохьэ. Мырзэбэч, езыр сержантми, взводым и командир мэхъу, Iущагъ хэлъу унафэ зыхуищI сэлэтхэр фашистхэм япэщIоувэ, Iэмал зэрагъуэтуи япэкIэ мэкIуатэ…
Нэхущым зэман кIэщIкIэ кърагъэух офицер курсхэри, лейтенант цIэр къыфIащ. Фронтым егъэзэжри, ротэм и унафэщI ящI. Мыгувэу уIэгъэ мэхъу. Тамбов яшэри, щагъэхъуж. Абы и ужькIэ ягъакIуэ Воронеж фронтым. 1943 гъэм и бадзэуэгъуэ мазэм къыхохутэ Курск и деж щекIуэкIа мафIэ гуащIэм. Аргуэруи уIэгъэ мэхъу. Зэрыхъужу, дзэм хохьэж.
Фашистхэр, къызэдзэкъэкIыурэ, икIуэтыжырт. Абыхэм зыхащIат я кIэныр къызэримыкIынур. ИтIани, ерыщу къэныкъуакъуэрт, жылагъуэхэр зэтракъутэрт, совет цIыху лажьэншэхэр щысхьыншэу зэтраукIэрт. Адыгэ щIалэм и нэгу щIэкIащ бийм илэжьа хьэкIэкхъуэкIагъэ Iэджэ. Езыри и сэлэтхэри нэхъ зыхущIэкъур зыт — я хэкуэгъухэм ялъ зэращIэжынырт, нэмыцэхэм удыну нэхъыбэIуэ зэрырадзынырт. ЯпэкIэ кIуатэурэ, абыхэм къызэранэкIащ Харьков, Полтавэ, Невель…
Нэхущыр зи пашэ сэлэтхэм мызэ-мытIэу лIыгъэ щызэрахьащ “Багратион” зи фIэщыгъэ операцэр Белоруссием и щIыналъэм щрагъэкIуэкIым. Ахэращ Двинэ КъухьэпIэм япэу зэпрысыкIыфар, бийр изыгъэкIуэту псышхуэм и сэмэгурабгъу лъэныкъуэр къэзыубыдар, Дзэ Плъыжьыр хэщIыныгъэшхуэ имыIэу адэкIэ кIуэтэныр къызэзыгъэпэщар.
Мырзэбэч и гупыр къыхэжаныкIащ Полоцк, Молодечнэ, Ветринэ къалэхэр хуит къыщащIыжми. Зэхэуэхэм ящыщ зым щIэрыщIэу уIэгъэ щыхъури, ар сымаджэщым ещанэу щIэхуащ. Ауэ, хабзэ зэрыхуэхъуауэ, зыщигъэгувакъым. Зыхэта гупым лъэщIыхьэжащ, батальоным и унафэщIуи ягъэуващ. КъухьэпIэмкIэ кIуатэурэ, совет армэр нэсащ Латвием, Литвам. Зарасай къалэм деж Нэхущыр уIэгъэ хьэлъэ щыхъури, зыкъомрэ сымаджэщым щIэлъын хуей хъуащ. Аргуэруи фронтым игъэзэжащ…
1944 гъэм и щэкIуэгъуэ мазэм Мырзэбэч ягъэкIуащ командирхэр щагъэхьэзыр курсхэм. Абы щеджэу здэщыIэм, ТекIуэныгъэ Иным и махуэри къэсащ…
Хэку зауэшхуэр зэфIэкIа нэужь, Нэхущ Мырзэбэч советыдзэм къулыкъу щищIащ. Фрунзе Михаил и цIэр зезыхьэ Дзэ академиер 1956 гъэм къиухри, полковник цIэр къыфIащащ, Приволжскэ дзэ округым щигъэзэщIащ штабым и унафэщI, полкым и командир къалэнхэр. Дзэ къулыкъур абы щрихьэкIащ КъуэкIыпIэ Жыжьэми.
Зыщалъхуа щIыналъэм къигъэзэжри, Кавказ Ищхъэрэ округым дивизием и унафэщIу щылэжьащ. 1970 гъэм Нэхущ Мырзэбэч къыфIащащ генерал-майор цIэр.
Илъэсибгъу дэкIри, дзэм къыхэкIыжащ. Ауэ и Iэр зэтедзауэ ар тIысыжакъым. Жылагъуэ лэжьыгъэхэм хэтащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и ветеранхэм я советым и унафэщIу, щIалэгъуалэр гъэсэным жыджэру хэлэжьыхьу, республикэм щекIуэкI Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм сэбэп щыхъуу къэгъуэгурыкIуащ. Нэхущ Мырзэбэч и романи дунейм къытехьащ. “ФIэхъус, Бахъсэн!” — аращ абы зэреджэр.
АдыгэлI хъыжьэм къратат Хэкум и дамыгъэ лъапIэу зыкъом — Бэракъ Плъыжь ордену тIу, Вагъуэ Плъыжь ордену щы, Хэку зауэ орденым и япэ, етIуанэ нагъыщэхэр, “Лъэпкъ зэныбжьэгъугъэ”, “IэщэкIэ ЗэщIэузэда Къарухэм хэту Хэкум къулыкъу зэрыхуищIам папщIэ” орденхэр, медаль куэд.
А цIыху гъуэзэджэр 1999 гъэм дунейм ехыжащ. Ауэ уахътыншагъэм хыхьащ абы и фэеплъ нэхур. Нэхущ Мырзэбэч и цIэр зэрахьэ Налшык и уэрамхэм ящыщ зым, Зеикъуэ дэт ещанэ курыт еджапIэм.
ГъукIакъуэ Идар.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "30018.txt"
} |
ХьэщIэхэр къахуэарэзыщ
Налшык дэт «Синдика» хьэщIэщым бадзэуэгъуэм и 17-м щекIуэкIащ «Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм агропромышленнэ комплексым зэпIэзэрыту зыщегъэужьыныр щIэныгъэр и лъабжьэу къызэгъэпэщын» урысейпсо щIэныгъэ-практикэ конференц.
Къэбэрдей-Балъкъэрым мэкъумэш хозяйствэмкIэ и щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и унафэщI Мэремыкъуэ Арсен зэIущIэр къызэIуихри, иужьрей илъэсхэм республикэм и АПК-м зэрызиужьым, программэ хэхахэр зэрагъэзащIэм хэзыгъэгъуазэ фильм кIэщI ягъэлъэгъуащ.
КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен зэхуэсым кърихьэлIахэм фIыщIэ яхуищIащ. Абы къыхигъэщащ зытепсэлъыхьыну я мурад Iуэхугъуэхэм мыхьэнэшхуэ зэраIэр, гъащIэмрэ зэманымрэ къагъэув къалэнхэм ахэр лъэныкъуэ куэдкIэ зэрапэджэжыр икIи я лэжьыгъэр купщIафIэу щытыну зэригуапэр.
— Дызэрыщыгъуазэщи, ди къэралыр Дунейпсо сату зэгухьэныгъэм (ВТО-м) куэд дэмыкIыу хыхьэнущ, — жиIащ Къанокъуэ Арсен. — Абы ипкъ иткIэ зэфIэгъэкIыпхъэ Iуэхугъуэхэм ящыщщ АПК-м епха IэнатIэ псори европей, дунейпсо мардэхэм къитIасэу къызэгъэпэщыныр. Урысейр ВТО-м зэрыхагъэхьэм и хъыбар къэIуа щIыкIэтэкъым, экономикэ и лъэныкъуэкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ, инновацэ технологиехэр зи лъабжьэ инвестицэ проектхэр ди республикэм и мэкъумэш хозяйствэм къыщыдгъэсэбэпын щыщIэддзам.
Зытепсэлъыхь Iуэхугъуэхэм я мыхьэнэм гу лъаригъатэу, КъБР-м и Iэтащхьэм зы щапхъэ къихьащ: илъэсым къриубыдэу УФ-м ис цIыхухэм мыIэрысэу тонн мелуани 4,5-рэ ерыскъыпхъэу къыщагъэсэбэп. Абы щыщу тонн мелуани 3,5-р нэгъуэщI къэралхэм къраш. Апхуэдэ щытыкIэм арэзы укъищIынкIэ Iэмал иIэкъым.
— Абы къыхэкIкIэ икъукIэ игъуэу къэлъытапхъэщ хадэхэкIым зегъэужьыным хуэунэтIауэ ди республикэм мы зэманым щекIуэкI зэхъуэкIыныгъэфIхэр, — жиIащ Къанокъуэ Арсен. — АдэкIэ дыIэбэнщи, дэ къытпэщылъ Iуэхугъуэхэм ящыщщ къуажэдэс къызэрыгуэкIхэри инновацэ технологиещIэхэм дегъэхьэхыныр. АбыкIэ сэбэп хъуну бгъэдыхьэкIэщIэхэр зэтеухуапхъэщ. Тегушхуэу псом япэ щIэзыдза икIи я лъэбакъуэ къэс зэпашэчу ипэкIэ кIуатэ хьэрычэтыщIэхэм, мэкъумэшыщIэхэм я Iуэхухэри адэкIэ зэрефIэкIуэнум шэч къытесхьэркъым.
КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Чеченов Ануар къызэхуэсахэм защыхуигъазэм къыхигъэщащ мыбы хуэдэ зэхуэсышхуэ ди республикэм зэрыщекIуэкIыр зэригуапэр.
— Мэкъумэш-промышленнэ комплексым иджыпсту щыщыIэ щытыкIэм арэзы укъэзымыщI куэд хызолъагъуэ, — жиIащ къэпсэлъам. — Ар, псом япэрауэ, продукцэр къыщIэзыгъэкIхэмрэ абы хуэныкъуэ цIыху къызэрыгуэкIхэмрэ зэрызэлъэIэс «лъэмыжхэр» тэмэму иджыри къыздэсым зэрызэтемыубзыхуарщ. Иджыри нэгъуэщI зы Iуэхугъуэ: хадэхэкIым нэхърэ нэхъ унэтIыныгъэ зэхэгъэкIыгъуей мэкъумэш хозяйствэм хэткъым. Абы къит хъерыр елъытащ дунейм и щытыкIэнуми, къэбгъэсэбэп щIыгъэпшэрхэми. ЗэпумышэчынкIэ Iэмал зимыIэ Iуэхугъуэу къоув къэунэху инновацэ технологиехэм ящыщу дэтхэнэр ди щIыналъэм къыщыгъэсэбэпыпхъэми.
Зэхуэсым щызэпкърахащ КИФЩI-м мэкъумэш къэкIыгъэхэр зэрыщащIэ технологиехэр егъэфIэкIуэным теухуа инновацэ унэтIыныгъэхэр зыхуэдэр, щIым и зехьэкIэм щIэныгъэ-методикэ лъабжьэ быдэ къыхузэгъэпэщынымкIэ лэжьыпхъэхэр, хьэсэхэм я зехьэкIэм къыщыгъэсэбэпыпхъэ Iэмал гъэунэхуахэр зыхуэдэр, нэгъуэщIхэри.
Мэзкуу къалэ дэт Россельхозакадемием щIым елэжьынымкIэ и къудамэм и академик-секретарь Завалин Алексей зэхуэсым къекIуэлIахэм я цIэкIэ къыхигъэщащ, КъБР-м и унафэщIхэм хьэщIагъэ къызэрырахамкIэ фIыщIэ зэрахуищIыр, апхуэдэуи АПК-м IэмалыщIэхэр къыщыгъэсэбэпынымкIэ ди республикэр япэ зэрищар зэрыфIэгъэщIэгъуэныр.
Махуэм и етIуанэ Iыхьэм тепсэлъыхьащ Iэщ гъэхъуным зегъэужьыным хуэунэтIауэ щыIэ хэкIыпIэхэм, республикэм и гъавэ щIапIэхэм еплъащ, адыгэш лъэпкъ къабзэхэр зэрагъэхъу щIыкIэм зыхагъэгъуэзащ.
КЪУМАХУЭ Аслъэн.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "30021.txt"
} |
КIыщокъуэ Алим ягу къагъэкIыж
КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, УФ-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь КIыщокъуэ Алим къызэралъхурэ илъэс 99-рэ зэрырикъум теухуа пэкIу Налшык къалэ дэт абы и фэеплъым деж бадзэуэгъуэм и 22-м щекIуэкIащ.
Урысей Федерацэм и цIыхубэ сурэтыщI Пащты Герман къопсалъэ. Абы къыбгъэдэтщ КхъуэIуфэ Хьэчим.
Зэхуэсым кърихьэлIащ республикэм и министерствэ зыбжанэм я лIыкIуэхэр, Налшык къалэ администрацэм и лэжьакIуэхэр, КъБР-м и ТхакIуэхэм я союзым хэтхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я унафэщIхэр, тхакIуэхэр, усакIуэхэр, журналистхэр, еджакIуэ цIыкIухэр.
КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ КхъуэIуфэ Хьэчим пэкIур къызэIуиха нэужь, псалъэ иритащ Налшык къалэ администрацэм и унафэщIым и къуэдзэ Дол Анжелэ.
Дол Анжелэ къопсалъэ.
КIыщокъуэ Алим и фэеплъ пэкIур йокIуэкI.
— КIыщокъуэ Алим и лэжьыгъэм пщIэшхуэ зэрыхуащIам и щыхьэту, абы къыхуагъэфэщауэ щытащ Горький Максим и цIэр зезыхьэ Къэрал саугъэтыр, «Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ», «Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь» цIэ лъапIэхэр, — жиIащ Долым. — ЦIыхур псэущ, абы и IуэхущIафэхэр дунейм тетыхукIэ. УсакIуэ щэджащэм и IэдакъэщIэкIхэр зэи мыкIуэдыжын хъугъуэфIыгъуэщ. Гъэ къакIуэ КIыщо-къуэ Алим къызэралъхурэ илъэси 100 ирокъу. Абы хуэфащэу дыIущIэну къытпэщылъщ.
— КIыщокъуэ Алим и Iуэху еплъыкIэхэр псоми къагурыIуэу щытакъым, — жиIащ иужькIэ псалъэ зрата, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ палатэм и тхьэмадэ Тау Пщыкъан. — Ауэ тхакIуэшхуэр, шэч хэмылъу, къызыхэкIа лъэпкъым ифI сытым дежи зезыхуа цIыхущ.
АдэкIэ пэкIум къыщыпсэлъащ балъкъэр усакIуэ Созаев Ахъмэт:
— Апхуэдэ цIыху щэджащэ сцIыхуу зэрыщытам сропагэ, — жиIащ абы. — СощIэж КIыщокъуэ Алимрэ Кулиев Къайсынрэ куэдрэ зэпсалъэу зэрыщытар. АпхуэдизкIэ тIури цIыху гумащIэт, цIыхуфIхэти, зэгуэр щызэпсалъэм, я нэхэм нэпс къекIуауэ щIэслъэгъуауэ щытащ. Ар зэчиягъэшхуэ зыбгъэдэлъахэм я гущабагъэм и нэщэнэт. Апхуэдэ цIыху дгъэлъэпIэнщ жызыIэу нобэ мыбы къекIуэлIа дэтхэнэ зыми фIыщIэшхуэ фхуэфащэщ…
— Адыгагъэшхуэ хэлъащ КIыщокъуэ Алим, — и гукъэкIыжхэмкIэ ядэгуэшащ «НОТР-Налшык» ОРТК-м и унафэщI Вэрокъуэ Владимир. — Зэгуэрым Къэбэрдей-Балъкъэрым ехьэлIауэ фильм тесхырт. Абы усакIуэшхуэм теухуа зы Iыхьи хэтын хуейт. Арати, ар щыпсэу Переделкинэ сыкъыщыхутащ, сепсэлъылIэн икIи тесхын мурад сиIэу. ПсынщIэу зэфIэзгъэкIыну си мураду, сызэрынэсу Iуэхум сеувэлIат. АрщхьэкIэ гъуэгу тета цIыхур зэрешар, зэрымэжалIэр Алим къыгурыIуэри: «Иджыпсту дызэдэмышхэмэ, зыри тозгъэхынукъым!», — жиIащ… Абы иужькIэ дыщIэкIуар къытхуищIэри, аэропортми езым и машинэмкIэ тыншу дынигъэсыжат… Ар IэфIу сигу къинащ.
АдэкIэ псалъэ иратащ КIыщокъуэ Алим и тхылъ 15-м я теплъэхэр зыгъэщIэрэщIа, иджыпсту Красноярск студие щызиIэ, сурэтыщI Iэзэ, профессор Пащты Герман.
— УсакIуэшхуэмрэ сэрэ куэдрэ дызэныбжьэгъуащ. Сигу къэзгъэкIыжын си куэдщ. Гугъущ дунейм ехыжар уи нэгум къыщыщIэбгъэувэжыну, — жиIащ Пащты Герман, и нэпсхэм къызэпижыхьауэ. — И творчествэм и гугъу пщIымэ, абы и инагъым щIэи гъуни иIэкъым.
Мэзкуу пэгъунэгъуу щыпсэуа лъэхъэнэми КIыщокъуэ Алим щалъхуа и Къэбэрдей-Балъкъэрым сытым щыгъуи и гур къыхуеIэу щытащ. Абы теухуауэ итха сатыр зыбжанэ къызэхуэсахэм я пащхьэ къыщеджащ КхъуэIуфэ Хьэчим. Уи гур егъэуз мыпхуэдэ псалъэхэр зыхэт усэм: «Кхъужьей къудамэ, тхьэмпэ пыту, си хэку къысхуихи къысхуэгъэс. Аращ си шыпхъум къысхуищIэну сызэрелъэIур махуэ къэс!». Хьэмэрэ мы псалъэхэм ущеджэкIэ: «Данэм сыхэсми -сыхэхэсщ!»…
Зэхыхьэм и кIэухым къызэхуэсахэм удз гъэгъахэр КIыщокъуэ Алим и фэеплъым тралъхьащ.
КЪУМАХУЭ Аслъэн.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "30024.txt"
} |
Сирием къикIыжахэм зыщIагъакъуэ
Бахъсэн къалэ щекIуэкIащ Сирием къикIыжу я Хэку зэзыгъэгъуэтыжа адыгэхэм мылъкукIэ защIэгъэкъуэным хуэунэтIа псапащIэ Iуэху.
Марафоныр къыщызэрагъэпэщат ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ ЩэнхабзэмкIэ унэм и гупэ утым.
СыхьэтиплIым и кIуэцIкIэ екIуэкIа марафоным псом япэу зыкърезыгъэхьэлIар щIыпIэ администрацэм и лэжьакIуэхэрщ: Бахъсэн къалэ администрацэм и Iэтащхьэм и япэ къуэдзэм и къалэнхэр зыгъэзащIэ ЩоджэнцIыкIу Геннадий, Iэтащхьэм и къуэдзэхэу Зеущэ Хьэмидрэ Хэжь Зауррэ, Бахъсэн къалэм щыIэ Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Шапсыгъ Хьэсэн сымэ.
Къыхэгъэщыпхъэщ цIыху куэд я гуапэу мы Iуэхум зэрыхэтар. Куейм и IуэхущIапIэхэм къищынэмыщIа, гъуэгурыкIуэу кърихьэлIэхэми я гум къыбгъэдэкI сом бжыгъэ халъхьэрт. Я хэкуэгъухэм ядэIэпыкъуныр гукъэкI зыщIахэм концерт программэ щхьэхуи зэхалъхьат. Иужьым, щIалэ-гъуалэм джэгу зэхаублэжащ.
Марафоным щызэхуахьэсащ сом мин 440-рэ. Iуэхур къызэзыгъэпэщахэм зэрыжаIамкIэ, мыр тхьэмахуитIым и кIуэцIкIэ екIуэкIынущи, ахъшэри нэхъыбэ хъунущ.
ТыIэщ Элинэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "30032.txt"
} |
Благъуэмрэ фениксрэ
Налшык дэт Лъэпкъ музейм бадзэуэгъуэм и 24-м щегъэжьауэ шыщхьэIум и 28 хъуху щекIуэкIынущ «Дракон и феникс в искусстве Востока» гъэлъэгъуэныгъэ хьэлэмэт. Москва дэт КъуэкIыпIэ къэрал музейм благъуэм и гъэр къыщихьэм ирихьэлIэу 2012 гъэм япэу зэрыщагъэлъагъуэрэ куэдым ягу ирихьа выставкэр Мейкъуапэ, Тимашевск, Черкесск, нэгъуэщI къалэхэми щекIуэкIащ, иджы чэзур Налшык къылъысащи, мы Iуэхум хэплъэну хуейхэм ахъшэ Iамыхыу Лъэпкъ музейм щIыхьэну Iэмал яIэщ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "30034.txt"
} |
Нобэ
Абхъаз Республикэм и Къэрал ныпым и махуэщ
Мысыр Хьэрып Республикэм и лъэпкъ махуэшхуэщ — Революцэм и махуэщ
Осетие Ипщэм и хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм я махуэщ
Псков къалэр фашист зэрыпхъуакIуэхэм къыщы-IэщIагъэкIыжа махуэщ. УФ-м и Президентым 2009 гъэм дыгъэгъазэм и 5-м къыдигъэкIа Указым ипкъ иткIэ абы фIащащ «Зауэ щIыхьым и къалэ» цIэр.
1903 гъэм «Форд» корпорацэм япэ автомобиль къыщIигъэкIащ.
ДэIэпыкъуэгъу псынщIэм и щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтыр, Склифосовский Николай и цIэр зезыхьэр, къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 90 ирокъу.
1930 гъэм Москва авиационнэ институт къыщызэIуахащ.
КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, къэфакIуэ ДзыхьмыщI Къэралбий и ныбжьыр илъэс 69-рэ ирокъу.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, пIалъэ-пIалъэкIэрэ уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 20 — 22-рэ, жэщым градус 15 — 17 щыхъунущ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "30036.txt"
} |
Мы гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым сабий гъэсапIэу 6 къыщрагъэжьэнущ
Апхуэдэ унафэ къыщащтащ республикэм и Премьер-министр Хьэсанэ Руслан, абы и къуэдзэ Портэ Галинэ, егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ, экономикэ зыужьыныгъэмкIэ министрхэу Семэн Пщыкъан, Мусуков Алий, ухуэныгъэмрэ архитектурэмкIэ министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ КхъуэIуфэ Иринэ, къэралыр зыхуейхэм папщIэ заказхэр хэгуэшэнымкIэ къэрал комитетым и унафэщI ДзыхьмыщI Артур сымэ ядригъэкIуэкIа зэIущIэм. Абы щызэпкърахащ УФ-м и Президент Путин Владимир и Указым зэрыщыжиIэм хуэдэу, щIыпIэхэр сабий гъэсапIэхэмкIэ ирикъуу къызэгъэпэщыным теухуауэ лэжьыпхъэхэр.
Зи школ кIуэгъуэ мыхъуахэр щIыналъэхэм зэрыщагъэхьэзыр щIыкIэр егъэфIэкIуэным хыхьэу, федеральнэ бюджетым щыщ субсидиеу сом мелуан 507,97-рэ Къэбэрдей-Балъкъэрым хухахынущ. Хьэсанэ Руслан зэрыжиIамкIэ, республикэр а Iуэхум сом мелуани 126,99-кIэ хэувэнущ. ЗэIущIэм щагъэбелджылащ мы гъэм и ещанэ кварталым и кIэм, еплIанэм и пэм зыщIадзэну ухуэныгъэхэр. Ахэр 6 мэхъу.
КхъуэIуфэ Иринэ къызэрыхигъэщамкIэ, проект-сметэ тхылъхэр мыгувэу хьэзыр хъунущ.
Сабий гъэсапIэщIэхэр Налшык къалэм, Аруан, Дзэлыкъуэ, Прохладнэ, Тэрч, Шэрэдж районхэм щаухуэнущ.
КъБР-м и Iэтащхьэмрэ
Правительствэмрэ я
пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "30038.txt"
} |
Эквадорми индейцхэр щопсэу
Налшык и уэрамхэм Эквадорым (Америкэ Ищхъэрэм) къикIа артистхэм зыкъыщагъэлъэгъуащ.
Артистхэр къалэм зэрыщыIэм теухуа хъыбарыр республикэм исхэм Интернет сайтхэмкIэ щIэх дыдэу къащIащ. Ахэр Налшык къэкIуэн и пэ къихуэу, Тбилиси, Баку, Мэхъэчкъалэ, Владикавказ, дуней псом и нэгъуэщI щIыналъэхэми щыIащ.
Гу зэрылъыфтащи, гупыр зы щIыпIэм хэхауэ къыщызэтеувыIакъым. Абыхэм зыкъыщагъэлъэгъуащ «Восток» кинотеатрым и утым, шхапIэхэм, ПащIэ Бэчмырзэ и цIэр зезыхьэ уэрамым тет бэзэрым пэгъунэгъуу, Лениным и уэрамми щIэх-щIэхыурэ дыщрихьэлIащ. ЗэрыуэрэджыIакIуэм къыдэкIуэу, ахэр икIи хьэрычэтыщIэхэу къыщIэкIащ — лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэр, я уэрэдхэр щызэхуэхьэса дискхэр, саугъэт цIыкIуфэкIухэр ящащ.
ЩIалэхэр 4 хъурт. Ахэр Сегундэ, Рафаэль, Рене, Давид сымэщ. Гупыр зэрыпсалъэр я кечуя анэдэлъхубзэмрэ испаныбзэмрэщ.
Налшык къэкIуа индейцхэр цIыху гуапэщ, я лъэпкъ макъамэм налшыкдэс куэд ихьэхуащ. Лъэпкъ фащэ зыщыгъ ди адыгэ щIалэхэм Эквадорым къикIахэм я гъусэу сурэт зытрагъэхащ. ЗэрагъэхъыбарымкIэ, Налшык къалэм и махуэм абыхэм къытрагъэзэнущ.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "30043.txt"
} |
Бетрожь Валерэ: Фыкъэпсалъэ, фыкъыщIыхьэ, сэбэп сыфхуэхъуну си гуапэщ
Зи гугъу фхуэсщIыну щIалэр (ди ныбжькIэ тIэкIу а псалъэм демыкIужми, дэ иджыри зыдогъэщIалэ) сэ сэзыгъэцIыхуар си лэжьэгъу икIи си ныбжьэгъуфI Хьэжыкъарэ Аликщ: « Бетрожь Валерэ удзхэм къыхэщIыкIа хущхъуэхэмкIэ Iэзэщ», — къызжиIащ абы.
— КъэкIыгъэхэмкIэ жыпIэмэ, нэхъ тэмэмщ. Хущхъуэхэр жыгхэми къахэпщIыкI мэхъу, — щIигъужащ нэIуасэ схуэхъуам.
Апхуэдэурэ дызэхуэзэ, сэлам зэтх хъуащ. ИтIанэ сегупсысащ: цIыху телъыджэ жыхуаIэр Валерэ хуэдэ гуэру къыщIэкIынщ? Сэ иджыри къэс согъэщIагъуэ ар къызыхуигъэщIа Iуэхум гурэ псэкIэ, егъэлеиныгъэ хэмылъу къыхэзгъэщынщи, нэхъуеиншэу зэрыбгъэдэтыр: сыхьэткIэ, нэхъыбэкIэ тепсэлъыхьыфынущ сыт хуэдэ хущхъуэр сыткIэ щхьэпэми. Езыр телъыджэу (аргуэру а псалъэр къэзгъэсэбэпын хуей мэхъу) куэдым куууэ хэзыщIыкI цIыхущ. Псалъэм и хьэтыркIэ, сызыгъэгузавэ узым теухуауэ «Айболит» газет цIыкIум зэгуэр зы чэнджэщ сыкъыщеджати, абыи щыгъуазэу къыщIэкIащ: Дэнэ къыщилъэгъуа а тхыгъэ кIэщIыр? ГурыIуэгъуэщ абы папщIэ узыншагъэ IэнатIэм щIэуэ къыщыхъу псоми зэпымыууэ укIэлъыплъын, уи щIэныгъэм хэбгъэхъуэн зэрыхуейр.
Налшык къалэм ПащIэм и цIэр зезыхьэ уэрамым (нэхъапэм «Колос» хьэщIэщу щытам ) и ещанэ къатым сыдокIуейри, 18-нэ пэшым сыщIохьэ — аращ Бетрожьыр щылажьэр. Пэш мыиныр нэхъри зэв ящI блынхэм Iугъэува шкафхэм.
Мыхэр тхылъкIэ кудащ. Сэ илъэс куэд хъуауэ къэкIыгъэхэм теухуа тхылъ зэмылIэужьыгъуэхэр къыщызощэху сыздэкIуэ къалэ псоми. Ахэращ си Iэмэпсымэр хущхъуэ щызэхэслъхьэкIэ.
— Уэ уIэзэ, хьэмэрэ удохутыр? — соупщI сэ абы.
— Узэрыхуейуэ къызэджэ. Си дежкIэ нэхъыщхьэр цIыхум сэбэп сыхуэхъунырщ. Ауэ мыбы гу лъозгъэтэну сыхуейт: «Дохутыр» псалъэр къыщемыжьэм щыгъуи цIыхубэ Iэ-закIуэхэр щыIащ. Медицинэм и тхьэ Гиппократ жиIэгъащ: «Дохутырым пхуитха хущхъуэр сэбэп къыпхуэмыхъуми, зэран къыпхуэмыхъумэ, — ари ехъулIэныгъэшхуэщ». Си дежкIэ сыт щыгъуи нэхъыщхьэр зэраныгъэ къэзмышэнырщ. Сэ а хабзэм ткIийуэ сытетщ.
— Уэ щыхьэт утехъуэфыну зыми зэран ухуэмыхъуауэ?
— Мы Iуэхум сызэрыхэтрэ илъэс 30-м щIигъуащи, зыри къэкIуакъым е телефонкIэ зыкъысхуигъэзакъым (куэдым ящIэ си телефоныр 8-903-493-64-81-р сэ ар зыми щызбзыщIыркъым) уэим къысхуищIу. Апхуэдиз зэманым мыарэзы гуэр къахэкIамэ, шэч хэмылъу, къэс-щIэнт.
— Абы къикIыр уэ зыкъыпхуэзыгъазэ псоми уадэIэпыкъуущ…
— Валерэ и щхьэр егъэсыс: Ар зыкIи сызыхуэмей щхьэщытхъугъэ хъунт, ауэ бжесIэнщ иужькIэ фIыщIэ къысхуэзыщIыжхэр зэрахэтыр. Си дежкIэ ар гуапагъэ къудейкъым: абы Iэмал къызет сызыдэIэпыкъуам и Iуэху зыIутыр зэзгъэщIэну. Мис сыщысщ Владикавказ щыщ щIалэм хущхъуэ хузэхызолъхьэри. Ар фадэм итхьэкъуащи, и анэр къызэлъэIуащ сэбэп сыхуэхъуну.
— Абы хуэдэхэм щхьэкIэ наркологхэр щыIэщ, IэщIагъэм хуеджауэ икIи абы ирилажьэу…
— Наркологхэм я дежи нэхъапэм щыIащ.
КъызгуроIуэ зэIэза сымаджэ псори зыгъэхъужыфа дохутыр дунейм зэрытемытар икIи зэрытемытыр. Ауэ, итIани, согъэщIагъуэ Валерэ тыншу икIи фIэщхъуныгъэ хэлъу сыт хуэдэ Iуэхуми зэреувалIэр. ИтIанэ къэсщIэжащ мы щIалэм теухуауэ зэгуэр ди газетым сыкъызыщеджа хъыбарыр (абы щыгъуэм сэ Валерэ сцIыхуртэкъым).
КъызэрыщIэкIамкIэ, Бетрожьым и чэнджэщхэм едэIуэн папщIэ зэIущIэ щхьэхуэхэр зэхашэ. Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ республикэ лъэпкъ библиотекэм ще-кIуэкIахэм ящыщ зыт а тхыгъэр зытеухуар.
ЦIыху 200 хуэдиз къэкIуат. Абыхэм медколледжым и фармацевт къудамэм щеджэхэри яхэтт, я унафэщI Мовсесян Лаури я гъусэу.
— Хуабжьу яфIэгъэщIэгъуэну едэIуащ цIыхубэ медицинэм теухуауэ яжесIам. Езы зэIущIэр нэхъыбэу зытеухуар ерыскъыхэмрэ къэкIыгъэхэм къыхащIыкI хущхъуэхэмрэт. УпщIэхэмкIэ сыщIагъэнат… Iэмал зэриIэкIэ, нэхъ куэд зэражесIэным сэри яужь ситащ.
— Псоми зы къежьапIэ гуэр иIэщ. Уэ уи щIэдзэкIэ хъуар сыт?
— Сыщысабийм си адэм куэдрэ губгъуэм, мэзым сишэурэ удз зэмылIэужьыгъуэхэр сигъэлъагъурт, сыт хуэдэр сыткIэ сэбэпми къызгуригъаIуэрт. Ауэ си гугъэр си адэшхуэ Хьэжмэт ещхь сыхъужауэщ: ар щIыпIэ куэдым щыцIэрыIуэ Iэзэу щытащ. Зэхилъхьэ хущхъуэхэмкIэ сымаджэ куэд игъэхъужыфырт…
Шал Мухьэмэд.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "30047.txt"
} |
Налшык къапоплъэ
Бадзэуэгъуэм и 27-м Налшык и «Урысейм и ныбжьыщIэхэр» спорт комплексым щекIуэкIынущ «Кавказ джэгухэр — 2013» фестивалым и къалэ зэпеуэ.
Программэм къызэщIеубыдэ кIапсэкIэ дэпщеин, хьэлъэ гъэIэпхъуэн, къэIэтын, троеборье, футбол цIыкIу спорт лIэужьыгъуэхэр. Зэхьэзэхуэм хэтыну Iэмал яIэщ командэ къыхэхахэм, я ныбжькIэ илъэс 17-м фIэкIауэ Налшык къалэ округым илъэсым щIигъуауэ щыпсэухэм икIи къалэм щатхахэм.
«Кавказ джэгухэм» и къалэ Iыхьэм зыкъыщызыгъэлъэгъуэну гукъыдэж зиIэхэм бадзэуэгъуэм и 26 пщIондэ зыщрагъэтх хъунущ мы хэщIапIэм: Налшык къалэ, КIыщокъуэм и уэрам, 70, каб. №20 ( Налшык къалэ округым и щIыпIэ администрацэм Физкультурэмрэ спортымкIэ и комитет). Абыхэм паспортрэ страховой полисрэ яIыгъын хуейщ. Дэтхэнэ спорт лIэужьыгъуэми и щхьэзакъуэ зэпеуэм хэтын папщIэ дохутырым и Iэ зыщIэлъ дэфтэрхэр зэхьэзэхуэр щекIуэкIыну махуэм комиссэм ират.
Зэпеуэм сыхьэти 10-м щIидзэнущ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "30050.txt"
} |
Дыщи дыжьыни
Прохладнэ куейм и «Колос» сабий-ныбжьыщIэ спорт школым и гъэсэнитхум боксымкIэ Урысейм пашэныгъэр къыщыхьынымкIэ зэхьэзэхуэм дыщэ медали 4-рэ зы дыжьынрэ къыщахьащ.
Псыхуабэ (Пятигорск) къалэм щызэхэта зэхьэзэхуэм Кавказ Ищхъэрэ, Ипщэ федеральнэ щIыналъэхэм я спортсмен 200-м щIигъу, илъэси 8-м щыщIэдзауэ 35-м нэсу хэтащ.
Я хьэлъагъ елъытауэ, зыхэхуа гупхэм я деж дыщэ медалхэр къыщахьащ КIуэкIуэ Артур, Къалмыкъ Амир, Тэмазэ Арсен, Купшын Алим сымэ. Къардэн Тимур кIэух зэпеуэм и хьэрхуэрэгъур къыщытекIуэри, къылъысар дыжьынырщ.
Категорие нэхъыщхьэ зиIэ Урысейм спортымкIэ и мастер Тэмазэ Анзор зэрыжиIамкIэ, ехъулIэныгъэхэр зыIэригъэхьащ куэдкIэ зыщыгугъ Купшын Алим (кг 75-м нэблагъэ и хьэлъагъщ). Илъэс 13 зи ныбжь Къэрэгъэш щыщ боксерым къыпэхъун и хьэрхуэрэгъухэм къахэкIакъым.
ТекIуэныгъэ къэзыхьахэм медалхэмрэ къызэгъэпэщакIуэхэм я тхылъхэмрэ иратащ.
Глашковэ Еленэ,
Прохладнэ куейм и щIыпIэ
администрацэм и
пресс-IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "30052.txt"
} |
Iэмал къыхуигъэнакъым
Урысейм и еджакIуэхэм атлетикэ хьэлъэмкIэ я урысейпсо спартакиадэм и кIэух зэхьэзэхуэхэр Пензэ къалэм щекIуэкIащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменитIым абы япэ, етIуанэ увыпIэхэр къыщахьащ. Датиев Георг — дыщэ, Лысенкэ Сергей дыжьын медалхэр къаIэрыхьащ.
Килограмм 69-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм Датиевым и хьэрхуэрэгъухэм Iэмал гуэри къахуигъэнакъым и дэтхэнэ зы бгъэдыхьэгъуэми ехъулIэныгъэ къыхуихьащ. Атлет ныбжьыщIэм тIэуми зэхэту килограмм 260-рэ къиIэтащ (рывок — кг 118-рэ, толчок — кг 142-рэ) икIи зыхэта хьэлъагъым щытекIуам и мызакъуэу, Урысейм спортымкIэ и мастерым и мардэхэр игъэзэщIащ. Датиев Георг къэралым и ныбжьыщIэхэм я командэ къыхэхам хагъэхьащ икIи Европэм пашэныгъэ къыщыхьынымкIэ зэхьэзэхуэм хэтынущ. Ар я гъэсэнщ Урысейм щIыхь зиIэ и тренер Маккаев Махътырэ Дахкильгов Чингизрэ.
Шэкэм Михаил зи тренер ди лъахэгъу Лысенкэ Сергей килограмм 50-м нэс зи хьэ-лъагъхэм я деж ещанэ увы-пIэр къыщихьащ.
— Дэ дыщэкIэ дыгугъащ, арщхьэкIэ зэпеуэм и пэ къихуэу, и хьэлъагъым кIэригъэхун хуей зэрыхъуар зэран къытхуэхъуащ. Мыгувэу Сергей хэтынущ езым и дежкIэ тэмэм килограмм 56-рэ хьэлъагъым щызэпеуэхэм, икIи текIуэныгъэм ар хущIэкъунущ, — къыхигъэщащ Шэкэм Михаил.
Атлет ныбжьыщIэм зыхуигъэхьэзырынущ жэпуэгъуэм Волгоград щекIуэкIыну Урысейм пашэныгъэр къыщыхьынымкIэ илъэс 18 зи ныбжь спортсменхэм я зэхьэзэхуэм.
Урысей Федерацэм и спартакиадэм къэралым и щIыналъэ 35-м я спортсмени 100-м щIигъу хэтащ.
Гъэунэ Светланэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "30055.txt"
} |
СпортымкIэ мастерым и кандидат ныбжьыщIэ
Налшык къалэ шахматымкIэ и «Ладья» клубым щекIуэкIа зэхьэзэхуэм Май куейм щыщ шахматист ныбжьыщIэ Строганов Максим джэгугъуи 8-м щыщу 7-р къыщихьащ, зыр зэрытемыгъэкIуауэ иухри, шахматымкIэ спортым и мастерым и кандидат хъуащ.
Максим и гъэсэнщ и адэ, Май къалэ дэт курыт еджапIэ №3-м и егъэджакIуэ, Строганов Виталий. «Си щIалэм зэфIэкI бгъэдэлъщ. Ещанэ классым щIэсу абы район зэпеуэм етIуанэ увыпIэр къыщихьащ, илъэсищ дэкIри, бжьыпэр иубыдащ, иджы шахматымкIэ спортым и мастерым и кандидат хъуащ», — жеIэ Виталий.
Пэжщ, иджыкIэ Май куейм и шахматист ныбжьыщIэхэм спортым и мастерым и кандидату яхэтыр зыщ, ауэ абы хущIэкъухэри щыIэщ. Ахэр япэ разряд зиIэхэу гимназие №1-м щеджэ Головчанский Сергей, Максим и классэгъу Горохов Евгений, школ № 14-м и еджакIуэ Мамедов Маадин сымэщ.
Юрченкэ Наталье.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "30057.txt"
} |
«Дыщэ хуэрэджэм» и саугъэт нэхъыщхьэр Жэман Аминэ къехь
Иджыблагъэ газетеджэхэм зи гугъу ныфхуэтщIа «Лъагъуныгъэм и хьэтыркIэ» фильмым и сценарийр зытха икIи абы роль нэхъыщхьэр щызыгъэзэщIа композитор, уэрэджыIакIуэ, усакIуэ Жэман Аминэ и лэжьыгъэр Армением и Ереван къалэм щекIуэкIа «Дыщэ хуэрэджэ» кинофестивалым нэхъыфIу къыщалъытащ.
Кинорежиссер цIэрыIуэ Стеллинг Йос и гъусэу.
«Лъагъуныгъэм и хьэтыркIэ» фильмыр Нью-Йорк, Москва, Налшык къалэхэм, Армением щагъэлъэгъуащ. Къыхэгъэщыпхъэщ, ар куэд дыдэм ягу зэрырихьари. Нью-Йорк япэу щыщагъэлъагъуэм, абы еплъыну гукъыдэж зиIэ псори пэшым щIэхуакъым. Аращ етIуанэу къыщIытрагъэзэжам и щхьэусыгъуэри. Армением, Босниемрэ Герцеговинэмрэ, Франджым, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм, нэгъуэщI къэралхэми щыщу фильмым еплъахэм ар къазэрыщыхъуам теухуа тхыгъэ къыхуагъэхьащ.
«Дыщэ хуэрэджэ» кинофестивалым «Лъагъуныгъэм и хьэтыркIэ» фильмыр нэхъыфIу къыщалъытэри, зэпеуэм и саугъэтыр къыхуагъэфэщащ, кино гъуазджэм хэлъхьэныгъэфI зэрыхуищIам папщIэ. Апхуэдэ саугъэт адыгэхэм ящыщу япэу зратар Жэман Аминэщ. Фильмыр фестивалым тIэунейрэ щагъэлъэгъуащ. «Москва» кинотеатрым и залышхуэмрэ фIыуэ зэрылъагъухэм я парк «Погосян и хадэхэр» зыфIащамрэ.
Фестивалым и гугъу пщIымэ, ар режиссер цIэрыIуэ Хачатурян Харутюн, кинокритик Арутюнян Сусаннэ, сценарист Стамболцян Михаил, режиссер Эгоян Атом сымэ 2004 гъэм къызэрагъэпэщащ. Зэхыхьэр илъэс къэс ирагъэкIуэкI. Абы щызэхуос кино гъуазджэм фIыуэ хэзыщIыкI режиссерхэр, дуней псом и артист цIэрыIуэхэр. Мыгъэрей зэхыхьэм фильм 120-м щыхэплъащ. Абыхэм къэпщытакIуэхэм къыхаха лэжьыгъи 100-м щыщу саугъэтыр зыхуагъэфэщар 20 къудейщ. Зэхыхьэм и хьэщIэ лъапIэу щытащ дуней псом щыцIэрыIуэ Азнавур Шарль, режиссерхэу Сабо Иштван, Зайдл Ульрих, Стеллинг Йос, Реджио Гадфри. Саугъэтыр къызэрылъагъэсам къыдэкIуэу, Аминэ и гуапэ хъуащ апхуэдэ цIыху цIэрыIуэхэм я зэхыхьэ гукъинэжым зэрыхэтар.
Ди лъэпкъэгъу хъыджэбзым къызэрыджиIамкIэ, иджы ар зэлэжь фильмым тхыдэр и лъабжьэщ. Абы и сценарийр хьэзырщ. Мексикэм щыщ хъыджэбзым и ролыр езым игъэзэщIэнущ, испаныбзэкIэ итха уэрэдхэр щыжиIэнущ. КъищынэмыщIауэ, нэгъуэщI фильмым и сценарий етх. ЖанркIэ ар комедиещ. Аминэ къызэрилъытэмкIэ, иджыпсту цIыхухэм гушыIэ яхэлъыжкъым, ауэ ар къэбгъэсэбэпурэ, куэд пхужыIэнущ. Аращ абы нэхъ щIытригъэщIар. Япэрейм хуэдэу, мы фильмхэри инджылызыбзэщ зэрекIуэкIынур.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "30062.txt"
} |
Псэм зыщигъэпсэху щIыпIэ
Мэкъуауэгъуэм и 6-м Зеикъуэ дызэрыщагъэхьэщIамрэ абы щыслъэгъуа хабзэ-нэмысымрэ сыхуейт я гугъу фхуэсщIыну. 1953 гъэм а къуажэм 10-нэ классыр къыщызыуха щIалэ гупырщ — Къаскъул Iэубэчыр, ХьэцIыкIу Мухьэб, Мэршэнкъул Хьэсэнбий, Щомахуэ Албэч, Къуэдзокъуэ Хьэсэн, Къумыкъу Абдулэхь сымэщ — апхуэдэ дэрэжэгъуэ къыдэзытар.
Зэклассэгъухэр езыгъэджауэ, нобэ псэужу Дыкъынэ Хьэмид, Куп Абдулчэрим, дэ хъыбар къыдагъащIэри, икъукIэ зэIущIэ гуапэ тхузэхашащ. Абдулчэрим нэкIуэфакъым, и шыпхъу дунейм ехыжауэ ирихьэлIэри, мыдрей дэ тIум машинэ къытхуагъакIуэри, дэнэ даша фи гугъэрэ?! Нэхъ щIыпIэ дахэ сымылъэгъуа, Аргъеикъуэ аузым Щомахуэ Хьэсэнбий дищIыхьа гуэлым. Дунейр сыт хуэдизу хуабэу щытами, абы щыщIыIэтыIэщ, хьэуар щыкъабзэщи, уи псэм йодэхащIэ, зи Iуфэ уIус бгыпс уэр цIыкIум и макъыр къоIущащэ. А щIыпIэ зэвыр дауэ къигъэIурыщIа жыпIэу, бгъэщIагъуэу гуэл зэхуэмыдэхэр щыIэщ, бдзэжьей хэзу хэсщ. Щомахуэ Хьэсэнбий гъэщIэгъуэну къытхутепсэлъыхьащ абы щыIэ щIыуэпсыр зыхуэдэмрэ гуэлхэм хэс бдзэжьейхэр зэрагъэхъухэмрэ.
Сэ си щIалэгъуэу, Зеикъуэ курыт школым егъэджакIуэу сыщыщылажьэм, мы Аргъеикъуэ псынэжьми Гундэлэни бдзэжьей куэдрэ сыщещэу щытащ, ауэ Щомахуэм згъэщIэгъуаи зэхыдигъэхащ. Псы уэр цIыкIум дыхэплъэу нэпкъым дытетщ. Iуфэм Iулъ мывэхэр Хьэсэнбий сигъэлъагъуурэ къызжеIэ: «Мы мывэжьхэр си IэкIэ мо псым къыхэсхащ. Ахэр здыхэлъам деж иIа архъуанэм и макъыр ужьыхащ, псы цIыкIум и макъми зихъуэжащ. А мывэр псым хэплъхьэжмэ, макъ къэIунур нэгъуэщIщ». Ар композитор Iэзэу щымытамэ, мывэхэмрэ псымрэ къагъэIу даущ макъхэр макъамэу зыхихыфынт?!
… Жыг щIагъ жьауэм Iэнэ берычэт щагъэувам IэфIу дыздэщысащ дезыгъэблэгъахэмрэ нэхъыжьитIымрэ. Си гур щыгуфIыкIат абдеж нэмыс щызэрахьам. ЕкIурэ-ещхьу Къаскъул Iэубэчыр Iэнэ хабзэм кIэлъыплъащ, нэхъыжьхэри дигъэгушхуащ. А махуэм зэхэтха уэрэдыжь, гушыIэ, макъамэ, нэгъуэщIхэри гукъинэж защIэ сщыхъуащ. Щедгъэджа зэманхэм теухуауэ, зэклассэгъухэм ягу куэд къагъэкIыжащ, уеблэмэ дэркIэ щэхуу щытаи хэту. Лъэпкъ литературэм и мыхьэнэми, ди тхакIуэ-усакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэми, ХьэфIыцIэ Мухьэмэд зи редактор нэхъыщхьэ «Адыгэ псалъэ» газетми — дызытемыпсэлъыхьар укIуэдыж. ЗэIущIэ щхьэпэ дыдэ хъуат ар.
Iэнэм къыщыдбгъэдэса Щомахуэ Хьэсэнбий и зыIыгъыкIэкIи, и псэлъэкIэкIи икъукIэ си гум дыхьащ. Си гугъэщ хуеблагъэ дэтхэнэри абы хэлъ адыгэ нэмысымрэ хабзэмрэ дэплъеину.
Аргъеикъуэ аузыр зы зэман куэншыб идзыпIэу щытауэ жаIэж, ауэ иджы мыр къабзагъэм и щапхъэу бгъэлъагъуэ хъунущ. А псор зи хьэрычэтыр Хьэсэнбийщ. Куэд зэIузэпэщ ищIыжами, абы иджыри мурадышхуэхэр а щIыпIэм хуиIэщи, дэIэпыкъуэгъу хуэхъуни иIэн хуейщ. Щомахуэр зэрыкомпозитор хъарзынэм и щыхьэтщ и уэрэд гъуэзэджэхэр, ауэ ар икIи псэукIэ зыщIэ цIыхущ.
КЪЭРМОКЪУЭ Мухьэмэд,
КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ.
Зеикъуэ — Налшык
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "30064.txt"
} |
ДыщэкI Софье и зэфIэкIыр Сицилием щегъэлъагъуэ
Бахъсэн районым хыхьэ Куба къуажэм щыщ, зи ныбжьыр илъэсибл хъу ДыщэкI Софье «ЗэчиифIэхэр фыкъыдогъэблагъэ» зыфIаща дунейпсо фестиваль-зэпеуэм пашэ щыхъуащ. Ар щекIуэкIар Италием (Сицилие хытIыгу) и Палермэ къалэм и зы хьэщIэщырщ.
Фестиваль-зэпеуэм зыкъыщызыгъэлъэгъуа уэрэджыIакIуэхэм Европэм и цIыхухэр еплъащ. КъэпщытакIуэ гупым хэтащ Италием и уэрэджыIакIуэ Аль Бано, Узбекистаным щIыхь зиIэ и артисткэ Нурмухамедовэ Наталье, Къэрал Академие Театр Иным и солисткэ Зыковэ Дарье, «Эуриало Виаджи» IуэхущIапIэм и унафэщI Ла Ферлэ Альфио, нэгъуэщI цIыху цIэрыIуэхэр.
«Утыку ихьэным и пэ къихуэу, си хъыджэбз цIыкIум и гум щыщIахэр псалъэкIэ къэIуэтэжыгъуейщ. Къамылым хуэдэу лантIэ Софье зигъэкIэрахъуэу утыку итащ, къафэжьхэр щагъэлъагъуэ Iыхьэм зыкъыщыщигъэлъагъуэм. УкIэлъыплъыну гуапэт Куба къуажэ жыжьэм щыщ хъыджэбзым зэпеуэм зыкърезыгъэхьэлIахэмрэ къэпщытакIуэхэмрэ къазэрыщыхъум», — къеIуэтэж Софье и анэшхуэ Ныр Мадинэ.
КъызэгъэпэщакIуэ гупым хэтхэм ДыщэкI Софье и зыкъэгъэлъэгъуэкIэр нэхъыфIу къалъытащ. Ар Италием зэрыщыIам къриубыдэу тIэунейрэ утыку ихьащ. «Саугъэт хэха» Iыхьэм Софье щIыхь тхылъ къыщыхуагъэфэщащ. «Дебют» саугъэтымрэ фэеплъ кубокымри тыгъэ къыхуащIащ.
Хъыджэбз цIыкIур ягъасэ Нэхущ Маринэрэ Таценкэ Татьянэрэ. ГъэсакIуэхэм зэфIэкIрэ къарууэ ябгъэдэлъыр сабийхэм зрагъэужьыным хуаунэтI. ДыщэкI Софье зэфIэкI лъагэ зэриIэр Палермэ къалэм наIуэ щыхъуащ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "30066.txt"
} |
Дунейпсо Адыгэ зэхуэсым и Унафэ
Дэ, адыгэ лъэпкъым и лIыкIуэхэр, Дунейпсо Адыгэ Зэхуэсым хэтхэр икъукIэ дытогузэвыхь Сирие Хьэрып Республикэм (СХьР) иджыпсту щекIуэкIхэм. Правительствэм и дзэхэмрэ оппозицэмрэ Iэщэ яIыгъыу илъэситIым щIигъуауэ зэрызэпэщIэтым къыхэкIыу цIыху куэд хэкIуэдащ, зэтекъутэныгъэ инхэр щыIэщ. ЦIыху минищэхэм псэупIэрэ мылъкурэ ямыIэжу къанэри, IэмалыншагъэкIэ къэралым икIын хуей хъуащ. Дунейпсо хабзэхэр къызэпауд, къызэрыгуэкI цIыхухэм зэраныгъэ емытынымкIэ конвенцэхэр ягъэзащIэркъым. КъызэрыгуэкI цIыхууи дзэм хэтхэм ящыщуи хэкIуадэхэр зэпымыууэ нэхъыбэ мэхъу.
Апхуэдэ щытыкIэм Сирием щыпсэу адыгэу ди хэкуэгъуу къэтлъытэхэр зэрыщыту текIуэдэнкIэ хъунущ. Ахэр а къэралым щыпсэу лъэпкъ нэхъ цIыкIухэм ящыщщи, зэпэщIэувауэ зэзауэ лъэныкъуитIми зыкIи кърадзэркъым. Псом хуэмыдэу уегъэгузавэ СХьР-ми зэрыщыту КъуэкIыпIэ Гъунэгъуми лъэпкъ зэпэщIэтыныгъэр щызэщIэгъэстынымкIэ адыгэхэр къагъэсэбэпыну зэрыхущIэкъум. Зауэм зэрызиубгъум къыхэкIыу, ди лъэпкъэгъухэм я гъащIэм шынагъуэшхуэ къытохьэ.
Урысей, дунейпсо зэгухьэныгъэхэм Сирием иджыпсту щекIуэкIхэр гуманитар гузэвэгъуэшхуэу къалъытэ. ООН-м къихь бжыгъэхэм ятепщIыхьмэ, нобэм ирихьэлIэу СХьР-м и цIыхуу дэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэхэм я бжыгъэр мелуани 8-м ноблагъэ. Къэралым и адрей цIыхухэми хуэдэу, ди лъэпкъэгъухэм ерыскъыр, зэфэну псыр, хущхъуэхэр, сабий шхынхэр, Iэбэм нэхъ зыхуеину хьэпшыпхэр яхурикъуркъым.
Дэ сыт и лъэныкъуэкIи дыдоIыгъ Сирием щыIэ щытыкIэм залымыгъэ хэмыту зэпэщ щIыжыным хуэунэтIауэ Урысей Федерацэм иригъэкIуэкI политикэр. Дэ шэч къытетхьэркъым Сирием и къэрал кIуэцI зэныкъуэкъум нэгъуэщI къэралхэм я дзэхэр хэмыхьэу къызэрынар Урысейм и унафэщIхэм зэпэлъытауэ икIи текI имыIэу ирагъэкIуэкI политикэм зэрифIыщIэм. Ар фIэкIыпIэ зимыIэ Iуэхущ, зэныкъуэкъухэр дипломатием и IэмалхэмкIэ зэгъэкIужыным и лъэныкъуэкIэ.
Дэ Дамаск щылажьэ Адыгэ ФIыщIэ Хасэм хуабжьу дыхуэарэзыщ зауэр щекIуэкI щIыпIэхэм къиIэпхъукIын хуей хъуа ди лъэпкъэгъухэм махуэ къэс зэрадэIэпыкъум папщIэ. Дэ икъукIэ пщIэшхуэ худощI щтапIэ ихьэжа адыгэхэм ядэIэпыкъунымкIэ Иорданием щыIэ Адыгэ ФIыщIэ Хасэм, Тыркум и Кавказ зэгухьэныгъэхэм я федерацэм ирагъэкIуэкI лэжьыгъэм.
Дэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм, Адыгэ Республикэм, Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм я унафэщIхэм икъукIэ фIыщIэшхуэ яхудощI Сирием щыIэ адыгэ диаспорэм и гузэвэгъуэр къазэрыгурыIуэм икIи зауэр къызэрыхъей лъандэрэ зи адэ щIыналъэм къэзыгъэзэжа ди лъэпкъэгъухэм зэрадэIэпыкъум папщIэ.
Гуманитар гузэвэгъуэшхуэм щыхэхуа мы лъэхъэнэм Сирием щыщ ди лъэпкъэгъухэр Урысей Федерацэм, Кавказ Ищхъэрэм и республикэхэм я унафэщIхэр, дунейпсо зэгухьэныгъэхэр, урысей цIыхубэр, адыгэ псори ядэIэпыкъуну къытщогугъ.
Дэ, Дунейпсо Адыгэ Зэхуэсым хэтхэм:
Сирием щекIуэкI зауэм нэхъри зэрызиубгъур къыдогъэлъагъуэ;
Сирием щыщ ди лъэпкъэгъухэм я Iуэху зыIутым хэхауэ дытогузэвыхь;
Урысей Федерацэм и цIыхухэу дэ ди лъэпкъэгъуу Сирием щыпсэухэм дадэIэпыкъуну тхыдэ къалэн къызэрыдбгъэдэхуэр къыдгуроIуэ икIи цIыхум и хуитыныгъэ нэхъыщхьэм — псэуну иIэ хуитыныгъэм тещIыхьауэ — лъэIукIэ захудогъазэ
Урысей Федерацэм и унафэщIхэм:
Сирием щыщ ди лъэпкъэгъухэу Урысей Федерацэм къэIэпхъуэжыну хущIэкъухэм зыщIагъэкъуэну;
абыхэм Урысей Федерацэм нэхъ тыншу кърагъэхьэнымкIэ, урысей визэхэр къахузэIухынымкIэ икIи Урысейм и гражданствэ етынымкIэ, щтапIэ ихьэжахэм я статус яхуэгъэувынымкIэ ядэIэпыкъуну.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм, Адыгэ Республикэм, Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм, Краснодар, Ставрополь крайхэм я унафэщIхэм:
нэгъуэщI къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъуу зи адэжь щIыналъэм къэIэпхъуэжыну хущIэкъухэм ядэIэпыкъунымкIэ республикэ, край программэхэр къащтэну;
ЮНЕСКО-м, Узыншагъэр хъумэнымкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэм, ЩтапIэ ихьэжахэм я IуэхухэмкIэ ООН-м и комиссар нэхъыщхьэм:
Сирием и жылагъуэхэмрэ щтапIэ ихьэжахэм я тедзапIэхэмрэ зэрадэIэпыкъун хьэпшыпхэр, ерыскъыпхъэхэр хуашэн папщIэ гуманитар гъуэгухэр къызэгъэпэщынымкIэ сэбэп хъуну.
Дэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм, Адыгэ Республикэм, Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм къабгъэдэкIыу ФедерацэмкIэ Советым хэтхэмрэ УФ-м и Къэрал Думэм и депутатхэмрэ къыхудоджэ:
Сирием щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм зыхуеину дэIэпыкъуныгъэ яхуэшэныр къызэгъэпэщынымкIэ;
СХьР-м щыпсэу ди лъэпкъэгъуу зи адэжь щIыналъэм къэIэпхъуэжыну хущIэкъухэм я Iуэхухэр дэгъэкIынымкIэ сэбэп хъуну.
Дэ захудогъазэ:
адыгэ лъэпкъым, Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэм, Урысей Федерацэм ис лъэпкъ псоми — Сирием щыщ ди лъэпкъэгъухэм дэIэпыкъуныгъэ иратыну. Нобэм ирихьэлIэу Сирием щыпсэу адыгэхэмрэ абыхэм ящыщу зи адэжь хэкум къэзыгъэзэжахэмрэ ядэIэпыкъун папщIэ счет щхьэхуэ къызэIуахащ;
адыгэ лъэпкъхэм я зэгухьэныгъэхэм, жылагъуэ, цIыхубз, щIалэгъуалэ организацэхэм зи адэжь щIыналъэм къызыгъэзэжа ди лъэпкъэгъухэм гулъытэ хуащIыну;
IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэм, бизнесым и IэнатIэм пэрытхэм — Сирием къиIэпхъукIыжахэм папщIэ лэжьапIэ IэнатIэхэр иратыну.
Дэ пIалъэ пыухыкIам темыщIыхьауэ мылъку, ахъшэ зэхуэтхьэсынущ Сирием щыпсэу адыгэхэмрэ абыхэм ящыщу зи адэжь щIыналъэм къэзыгъэзэжахэмрэ гуманитар дэIэпыкъуныгъэ еттын папщIэ.
Дунейпсо Адыгэ зэхуэсым къыщащтащ.
Налшык къалэ, 2013 гъэ, мэкъуауэгъуэм и 29
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "30071.txt"
} |
Шахэ и къуэладжэм дэт «Жыгеижь»
Тенджыз ФIыцIэ Iуфэ Iус Шапсыгъыр фIыуэ зылъагъухэм Шахэ и псыхъуащхьэхэм тхыдэ-этнографие зекIуэ къыщызэрагъэпэщащ.
— Ар зэдгъэхъулIэныр куэд щIауэ си хъуэпсапIэт, — жеIэ Адыгэ Республикэм и Къэрал Совет-Хасэм и депутат, «Нэху» къэфакIуэ ансамблым и унафэщI, мы Iуэхур къезыхьэжьа ЩIымыт Мыгъудин. — ЗекIуэм зыхуэбгъэхьэзырынратэкъым нэхъ гугъур, атIэ абы зэман къыхуэбгъуэтынырт. Ауэрэ здекIуэкIым, дигу къэкIащ зэхэзекIуэныр Кавказ зауэр зэриухрэ илъэс бжыгъэ щрикъу махуэм иредгъэхьэлIэ зэрыхъунур. Абы ди зекIуэм хэта дэтхэнэ зыри нэхъ куужу иригъэгупсысащ лъэпкъым и блэкIам, и тхыдэм нэхъри пщIэ лей хуищIурэ къекIуэкIын зэрыхуейм.
Iуэхум и зэхэублакIуэ ЩIымыт Мыгъудин и адэжьхэр Шапсыгъым исащ. Кавказ зауэжьыр къемыжьэ ипэ «ЩIымыт къуажэ» жаIэу шапсыгъ жылэ щыIащ (иджы тенджыз ФIыцIэ Iуфэ дыдэм Iутщ урысыбзэкIэ «Чемитоквадже» зыфIаща урыс жылагъуэ цIыкIу). Езы Мыгъудин и анэшхэри ШахэкIеишхуэ (Кичмай Ин) дэсщ.
И благъэхэм я деж здэщыIэм, Мыгъудин Сочэ, ТIуапсэ куейхэм адыгэ къуажэу исыр къызэхикIухьащ, зи пашэ «Нэху» ансамблри мызэ-мытIэу здришэжьащ. Езым и ныбжьэгъухэм къищынэмыщIа, ЩIымытым и фIыгъэкIэ ШахэкIеишхуэ щIэх-щIэхыурэ щохьэщIэ Тыркум, Сирием, Иорданием, Германием, Швейцарием, Израилым, США-м щыпсэу адыгэхэри. Шахэ и псыхъуащхьэхэр зэщIэзыгъэхьэну зи гуращэу ежьа гупым абыхэм ящыщ зыбжани яхэтащ.
— Мы щIыпIэр тхыдэ и лъэныкъуэкIэ телъыджащэщ, — и Iуэху еплъыкIэр къеIуатэ ЩIымыт Мыгъудин. — ЛIэщIыгъуэкIэрэ Шахэ Шапсыгъымрэ Убыхымрэ я гъунапкъэу щытащ. Илъэси 150-рэ ипэкIэ мы къуэладжэм къуажэ 70-м щIигъу дэсащ. ТIуащIэр къэзыухъурехь Iуащхьэхэмрэ мэзхэмрэ мы щIыпIэм щыпсэууэ щыта адыгэхэмрэ аптIэхъуэхэмрэ (убыххэр) иджыри къыздэсым «я нэгу» щIэтщ. Ахэр мы щIыпIэм щыпсэуа лъэпкъхэм я щхьэм кърикIуа гузэвэгъуэм ноби и щыхьэтщ.
Зэманым щысхь жыхуаIэр ищIэркъым: къытхуемыгъэзэжыну лъэпкъым и блэкIам щыщ куэд тфIэкIуэдащ. Ауэ ноби дэ диIэщ тенджыз ФIыцIэ Iуфэм щызекIуэу щыта щIыпIэцIэхэмрэ абыхэм япыщIа хъыбарыжьхэмрэ къэзыIуэтэжыфын цIыхухэр.
ЗекIуэм ипэ къихуэу Иорданием къикIри ШахэкIеишхуэ къэсащ Иорданием щыпсэу Хъурмэ Хьэсэн. Зи ныбжьыр илъэс 76-м нэса лIым бгым дэкIыну зэримурадыр быдэу жиIащ. Хъурмэ Хьэсэн абы нэхъри щытегушхуар Кичмай Ин дэс и благъэхэу Хъурмэхэ Русланрэ Щыхьмызрэ яхуэза яужькIэщ. Ахэр, абы япэкIэ зэи зэхуэмызами, куэд щIауэ зэрыцIыхум хуэдэу, Хъурмэхэ я лIакъуэм и къекIуэкIыкIами, зэрыщыту адыгэ лъэпкъыр къызэтенэн папщIэ къыпэщылъ Iуэхугъуэхэми тепсэлъыхьу куэдрэ щысахэщ.
ЗекIуэлI гупым, Хъурмэ Хьэсэнрэ ЩIымыт Мыгъудинрэ къищынэмыщIа, яхэтащ Кфар-Камэ Израиль адыгэ къуажэм къыщыхъуа, хьэрычэтыщIэ икIи жылагъуэ лэжьакIуэ жыджэр Нэпсо Нихьэт, Адыгэ Республикэм и Къэрал Совет-Хасэм и депутат Щауэ Аскэр, Энэм жылэм и унафэщI Хъуэткъуэ Хъызыр, хьэрычэтыщIэ икIи псапащIэ ЩIымыт Алий, Ахынтам шапсыгъ къуажэм щыщ Хахуэ Алик сымэ, нэгъуэщIхэри. Абыхэм гъуэгугъэлъагъуэу яIар ШахэкIеишхуэ щыщ нэхъыжьыфI Ныбэ Батырбийщ.
— Пэжыр жыпIэмэ, дэ, зекIуэ гъуэгу теувахэм, Батырбий хуэдэлI гъусэ къызэрытхуэхъуамкIэ хуабжьу ди кIэн къикIауэ къэтлъытэрт, — жеIэж ЩIымыт Мыгъудин. — Абы и гъащIэм и нэхъыбэр Сочэ дэт лъэпкъ паркым щигъэкIуащ. Ар адыгэхэм я блэкIар зыфIэгъэщIэгъуэну зыджыж дэтхэнэ зым и дежкIи цIыху лъапIэщ. Батырбий щыпсэу щIыналъэм и щIыпIэцIэхэмрэ абыхэм япыщIауэ къекIуэкI хъыбарыжьхэмрэ фIыуэ щыгъуазэщ. Зи ныбжьыр илъэс 82-рэ хъуа Батырбий ноби цIыху узыншэщ, Iэчлъэчщ, бгъэщIэгъуэн бжьыфIагъи бгъэдэлъщ. Абы бгылъэ щIыпIэхэр щIэх-щIэхыурэ шууи лъэсыуи къызэхекIухь.
Мыгъудин зэрыжиIэмкIэ, Батырбий сыхьэт бжыгъэкIэ пхутепсэлъыхьыфынущ ди адэжьхэм псэукIэу зэрахьэу щытами, Шахэ псыхъуэ и кIыхьагъкIэ дэнэ и деж сыт хуэдэ адыгэ, аптIэхъуэ жылэ дэсами. Апхуэдэу гупыр КIыщмахуэ, Быхъуей, Хьэгуэнэщ адыгэ къуажэхэр здису щыта щIыпIэхэми кIуащ, гъуэгугъуазэу яIа жыгыжьми нэсащ. «Жыгеижьым» иджыпсту урысхэр «Царь-Дуб»-кIэ йоджэ. Абдежым ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэхэм, убыххэм хасэхэр щрагъэкIуэкIыу икIи я тхьэелъэIупIэу щытащ.
Гъуэгум щалъэгъуа, щызэхаха псори видеокамерэм ирагъэтхащ. Абыхэм хэхэс адыгэхэри еплъыжыф хъууэ къызэрагъэпэщынущ. КъищынэмыщIауэ, мы зекIуэм теухуа хъыбархэр Интернетми илъынущ.
НЫБЭ Анзор.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "30073.txt"
} |
МахуэлI Хьэзрэталий и текIуэныгъэ
Урысей Федерацэм и Пенсэ фондым иригъэкIуэкIа «ФIэкIыпIэншэ пенсэ страхованэмкIэ 2012 гъэм и страхователь нэхъыфI» зэхьэзэхуэм «ЦIыхухэр IэнатIэкIэ къызэзыгъэпэщым и лэжьакIуэхэр 100-м нос» унэтIыныгъэм щытекIуахэм ящыщщ «Кавжилстрой-1» ООО-м и унафэщI МахуэлI Хьэзрэталий.
Урысейм и Пенсэ фондым и Правленэм и Iэтащхьэ Дроздов Антонрэ УФ-м и Пенсэ фондым и къудамэу КъБР-м щыIэм и тхьэмадэ Щауэжь Хьэсэнбийрэ я Iэ зыщIэлъ дипломыр текIуэныгъэ зыIэрызыгъэхьа МахуэлIым иритыжащ Дзэлыкъуэ районымкIэ къудамэм и унафэщI Мамбэт Люсэ.
— Зэпеуэм кърикIуахэр щызэхалъхьэжым къалъытащ лэжьакIуэхэм ику иту ират улахуэр зыхуэдизыр, ирикъуу икIи и чэзум фIэкIыпIэншэ пенсэ страхованэмкIэ взносхэр страхователым зэритыр. МахуэлI Хьэзрэталий зи унафэщI предприятэм а псори щылъагэщ. Страхователь псори абы хуэдэу я лэжьакIуэхэм я къэкIуэну пенсэм егупсысу щытамэ, ар хъарзынэт, — жиIащ Мамбэтым дипломыр щритыжым.
Бжьахъуэ Маринеттэ,
Дзэлыкъуэ муниципальнэ куейм и щIыпIэ администрацэм и
пресс-IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "30076.txt"
} |
Ябгэжьыкъуэ Тимур и фIыгъэкIэ
Москва щылажьэ программист Ябгэжьыкъуэ Тимур Бахъсэн щIыналъэм щыпсэу цIыху зачиифIэхэм сайт къахузэIуихащ.
«Апхуэдэ гукъэкI илъэсибгъу ипэ сщIат, сыстуденту Бахъсэн сыдэсу. «http://baksan.ru/» доменыр къыщысщэхуари абы щыгъуэщ», — жеIэ сайтыр къызэзыгъэпэщам.
А зэманым Тимур ищIыну хуейт къалэм теухуа сайт мыин, цIыхухэр щызэпсалъэ хъууэ. Ауэ Iуэхум пэрымыхьэ щIыкIэ, и щIэныгъэм хигъэхъуэну, лэжьэну Москва кIуащ.
Зэман дэкIри, ищIыну зыхуея сайт къызэрыгуэкIым зригъэужьащ. ЩIалэм къызэригъэпэщащ бахъсэндэс зэчиифIэхэм, хэлъэт зиIэхэм я творчествэр щагъэлъэгъуэн, хьэрычэт Iуэхум щыхагъэхъуэн социальнэ утыку.
Иджыпсту сайтым тхыгъэ гъэщIэгъуэнхэр къралъхьэм и мызакъуэу, Iуэхутхьэбзэхэр, сату зэращI хьэпшыпхэр пщIэншэу щыбгъэлъагъуэ мэхъу. Я мурадщ, сайтым хэту, гъащIэм и лъэныкъуэ зэхуэмыдэхэм ехьэлIа чэнджэщхэр щыбгъуэт яублэну.
Программистым и гукъэкIыр диIыгъащ Бахъсэн щIыналъэ администрацэм икIи чэнджэщ щхьэхуэхэмкIэ дэIэпыкъуэгъу хъуну абы и мурадщ.
Алокъуэ Аринэ,
Бахъсэн районым и щIыпIэ администрацэм и
пресс-IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "30080.txt"
} |
Илъэси 110-рэ зэрырикъур егъэлъапIэ
Аушыджэр къуажэм иджыблагъэ яхьащ Урысейм и Президентым и хъуэхъу тхыгъэр. Путин Владимир ехъуэхъуащ Шэрэдж районым и бзылъхугъэ нэхъыжь дыдэхэм ящыщ щхьэгъэпсо Зулихъан Къамбот и пхъум. 2013 гъэм бадзэуэгъуэм и 15-м абы и ныбжьыр илъэси 110-рэ ирикъуащ.
Щхьэгъэпсо Зулихъан
Зулихъан бынипщI, къуэрылъху-пхъурылъхухэу, абыхэм къалъхуахэу, къатехъукIыжахэу мы зэманым 108-рэ иIэщ.
Абы къыщалъхуа махуэм ехъуэхъуну и унэ кIуащ район администрацэм и Iуэхухэр зезыхьэ Байсиев Хьэрун, егъэджэныгъэмкIэ къудамэм и унафэщIым и къуэдзэ Ефэнды Терезэ, Аушыджэр къуажэм и администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Урыс Аслъэн сымэ.
ХьэщIэхэм Кремлым къикIа конвертыр, апхуэдэу район, къуажэ администрацэхэм къабгъэдэкIа фэеплъ тыгъэхэр зи ныбжь хэкIуэтам иратыжащ.
КъахуэкIуа хьэщIэхэм фIыщIэ яхуищIри, Щхьэгъэпсо Зулихъан яхуиIуэтэжащ зауэм, зауэм и ужь лъэхъэнэм хуабжьу гугъу зэрехьар. «Куэдрэ упсэун папщIэ, — жиIащ абы, — сыт хуэдэ гугъуехьри къызэбнэкIы- фу, уебэкъуэфу ущытын хуейщ». И ныбжьыр илъэси 110-рэ хъуми, ар иджыри гурыхуэщ, гукъыдэж зиIэщ, гуапагъэ зыхэлъщ.
ХЫДЗЭЛI Къарэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "30082.txt"
} |
Илъэс 75-рэ ирикъунут
Адыгей. Республикэм щагъэлъапIэ адыгэ усакIуэ, прозаик цIэрыIуэ Къуиикъуэ Налбий къызэралъхурэ илъэс 75-рэ зэрырикъур. Ар къыщалъхуа Тэучэж районым хыхьэ Къунчыкъу-хьэблэ жылагъуэм абы и фэеплъ Iуэхугъуэхэр щэбэт кIуам щекIуэкIащ.
ТхакIуэр псэужамэ, и ныбжьыр бадзэуэгъуэм и 20-м илъэс 75-рэ ирикъунут. А юбилейм теухуауэ 2013 гъэр Къуиикъуэ Налбий и илъэсу Адыгейм щагъэуващ. Фэеплъ махуэр спорт зэхьэзэхуэхэмкIэ къызэIуахри, адэкIэ районым ЩэнхабзэмкIэ и унэм литературэ пшыхь щрагъэкIуэкIащ.
Адыгэ усакIуэ, тхакIуэ, драматург, философ цIэрыIуэ Къуиикъуэ Налбий къызэрытхэмытыжрэ илъэси 6 хъуащ. Ар, ди къэралым и мызакъуэу, хамэ къэралхэм, псом хуэмыдэу адыгэхэр щыпсэухэм, къыщацIыхурт.
Къуиикъуэ Налбий и щхьэгъусэ Жаннэ гукъэкIыжхэмкIэ гъэнщIа фэеплъ пшыхьым кърихьэлIахэм, абы и къызэгъэпэщакIуэхэм фIыщIэ яхуищIри, Iуэхугъуэм хэта ныбжьыщIэхэм езы усакIуэм и Iэ зыщIэдза фэеплъ тыгъэхэр яритащ.
ТхакIуэ, усакIуэ цIэрыIуэм и фэеплъым теухуа Iуэхугъуэхэм адэкIи къыпащэнущ.
Къалащхьэм и щIэблэхэм папщIэ
Абхъаз. Сыхъум къалэ администрацэм ЩIалэгъуалэ Iуэхухэмрэ спортымкIэ и комитетым «Абхъазыр щIалэгъуалэм папщIэ» проектым ипкъ иткIэ, щыхьэрым куэду зэтет и унэхэм я пщIантIэхэм сабийхэм хуэщIа Iуэхугъуэхэр къыщызэрегъэпэщ.
Комитетым и лэжьакIуэхэм сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ къыдахьэхыу махуэ къэс спорт джэгухэр пщIантIэхэм къыщызэрагъэпэщ. Ахэр аэрохоккей, стIолыщхьэ теннис, футбол, баскетбол, бадминтон, дартс мэджэгухэр. АдэкIэ абыхэмкIэ къыхэха командитI яубзыхури, спорт лIэужьыгъуэ зыбжанэкIэ зохьэзохуэ. ТекIуэ гупым фэеплъ саугъэт ират. Нэхъ цIыкIу дыдэхэм папщIэ мультфильм ягъэлъагъуэ. Зи гугъу тщIа Iуэхугъуэхэр «Синоп», «Келасур», «РайоныщIэ», «Депо», «Вокзал» хьэблэхэм щрагъэкIуэкIащ.
УЭРДОКЪУЭ Женя.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "30085.txt"
} |
Нобэ
Урысейм щагъэлъапIэ лъакъуэрыгъажэ спортым и махуэр. 1883 гъэм Москва щекIуэкIауэ щытащ апхуэдэ япэ зэпеуэр.
1923 гъэм Инджылызым, Франджым, Италием, Японием, Алыджым, Румынием, Югославием — зы лъэныкъуэкIэ, Тыркум — адреймкIэ Iэ традзауэ щытащ Лозаннэ мамырыгъэ зэгурыIуэныгъэм. Абы ипкъ иткIэ ягъэувауэ щытащ иджырей Тырку къэралыгъуэм и гъунапкъэхэр.
1940 гъэм композитор, КъБР-м и цIыхубэ артист, УФ-м щIыхь зиIэ и артист, УФ-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Даур Аслъэн къызэралъхурэ илъэс 73-рэ ирокъу.
Философие щIэныгъэхэм я доктор, АКъУ-м и профессор Къэзан Хьэмзэт и ныбжьыр илъэс 73-рэ ирокъу.
ТхакIуэ, критик, литературэдж, филологие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Гъут Iэдэм и ныбжьыр илъэс 69-рэ ирокъу.
Адыгэ усакIуэ, тхакIуэ Хъунэгу Саидэ къыщалъхуа махуэщ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 23 — 26-рэ, жэщым градус 19 — 21-рэ щыхъунущ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "30087.txt"
} |
ХьэщIэщ яухуэ
Мы махуэхэм Италием щыщ IэщIагъэлI 15 щолажьэ Iуащхьэмахуэ и ипщэ лъэныкъуэм метр мини 4000 зи лъагагъ и щIыпIэм. Абдеж щаухуэ хьэщIэщ. Ар 2013 гъэм и фокIадэм къызэIуахыну я мурадщ.
«Кавказ Ищхъэрэм зегъэужьынымкIэ корпорацэ» ОАО-м и лэжьакIуэ Чистяковэ Ольгэ и псалъэхэм ятепщIыхьмэ, хьэщIэщыр зэраухуэр Италием щащIа псэуалъапхъэщ.
ШыщхьэIум и кIэухым хьэщIэщым и лэжьыгъэр ягъэунэхунущ. ИужькIэщ ар къыщызэIуахынур.
ХьэщIэщыр цIыху 48-м хуэщIащ. Зы жэщ-махуэ щыпсэун папщIэ дэтхэнэми сом 2500-рэ хуэдиз итын хуейщ. Япэ илъэсым хьэщIэхэм къыIахынур процент 30-кIэ нэхъ мащIэщ.
Iуащхьэмахуэ щыIэну япэ бгы лъагэ хьэщIэщыр еухуэ «Кавказ Ищхъэрэм зегъэужьынымкIэ корпорацэ» ОАО-м.
ТАРИМ Алисэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "30090.txt"
} |
ЦIыхубэр зэкъуэтмэ, лъэпкъхэр зэрыIыгъмэ, къэралри быдэ хъунущ
«Урысейм дрителъхьэщ». ЦIыхубэ Фронт» урысейпсо жылагъуэ зэщIэхъееныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэр щызэхаша конференц Налшык къалэ щекIуэкIащ.
ЗэIущIэр къызэIуихащ икIи иригъэкIуэкIащ конференцым и Iэтащхьэу хаха Канунников Анатолий. Абы къыхигъэщащ УФ-м и Президент Путин Владимир зи пашэ зэщIэхъеены-гъэм къэралым и зыужьыныгъэм и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зэриIэр.
— Нобэ къызэдгъэпэщ щIыналъэ къудамэр Штаб нэхъыщхьэм къыщащта уставым тету лэжьэнущ, — жиIащ Канунниковым. — Абы и къалэн нэхъыщхьэр ди щIыналъэм, къэралым зегъэужьыным цIыхубэм я гуащIэ хегъэлъхьэнырщ. Дэ къытпэщылъщ экономикэ лъэрызехьэ зэфIэдгъэувэныр, ерыскъыфIрэ хьэпшыпыфIрэ къыщIэзыгъэкI IэнатIэхэр къызэдгъэпэщыжыныр, цIыхубэм я псэукIэр егъэфIэкIуэныр. Абы папщIэ дэ зэщIэдгъэуIуэн хуейщ урысей жылагъуэм и зэфIэкIымрэ и къарумрэ. Апхуэдэ мурадхэр къыдэхъулIэнущ дыщыпсэу щIыналъэм пщIэ хуэтщIмэ. ЦIыхубэр зэкъуэтмэ, лъэпкъхэр зэрыIыгъмэ, къэралри быдэ хъунущ, псэукIэри ефIэкIуэнущ, къыдэкIуэтей щIэблэм я пащхьэ щытхь жэуаплыныгъэми дыпэлъэщынущ.
Конференцым щызэхуэса лIыкIуэхэр IэIэткIэ арэзы техъуащ Канунниковым утыку кърихьа Iуэхугъуэхэм: «Урысейм дрителъхьэщ». «ЦIыхубэ Фронт» урысейпсо жылагъуэ зэщIэхъееныгъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэну щIыналъэ къудамэр къызэIухыным, абы и щIыналъэ штабым хагъэхьэнухэм (цIыху 24-рэ), зэщIэхъееныгъэм и уставым, щIыналъэ къудамэм и къэзыпщытэ комиссэм хэтхэм.
НэщIэпыджэ Замирэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "30092.txt"
} |
ФIыщIэ къыхуащI
«Кавказым мамырыгъэ щрыреIэ!» Ставропольем и лъэпкъхэм я зэгухьэныгъэм хэтхэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен фIыщIэ къыхуащIащ Кавказ Ищхъэрэм мамырыгъэмрэ лъэпкъхэм я зэгурыIуэныгъэмрэ щыгъэбыдэным хуэгъэзауэ къыхалъхьэ Iуэхухэмрэ жэрдэмхэмрэ пхыгъэкIыным щIэгъэкъуэн зэрахуэхъум къыхэкIыу.
А зэгухьэныгъэм зэфIигъэкIащ «Ди къарум и къыхэкIыпIэр ди зэныбжьэгъугъэрщ» жылагъуэ-политикэ Iуэхуу Урысей Федерацэм и махуэм егъэщIылIауэ щытар.
А лэжьыгъэр щагъэзащIэм, Ставрополь крайм и жылагъуэхэм я зэгухьэныгъэм и лIыкIуэхэр Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и республикэхэм я щыхьэр псоми щыIащ.
«ПщIэ зыхуэтщI Арсен Башир и къуэ! Налшык дызэрыщыIам, КъБР-м щыщ къулыкъущIэхэм, жылагъуэм, и цIыхухэм дазэрыIущIам хуабжьу арэзы дытехъуэу икIи къыдаха хьэщIагъэр хуабжьу ди гум хыхьауэ дынолъэIу жылагъуэ мыхьэнэ зиIэ Iуэхухэр пхыгъэкIыным щIэгъэкъуэн зэрыхуэхъум папщIэ фIыщIэ зэрахуэтщIыр тхуажепIэжыну, — къыщыгъэлъэгъуащ КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен къыхуагъэхьа тхыгъэм. — Ди фIэщ мэхъу апхуэдэ уи Iуэху бгъэдыхьэкIэм и фIыгъэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр дяпэкIи Кавказ Ищхъэрэм лъэпкъ зэхущытыкIэхэм зыщегъэужьыным и Iуэхум зэрыхуэлэжьэнур».
Тхыгъэм Iэ щIадзащ Ставрополь крайм и жылагъуэ организацэхэм я союзым и унафэщI Круталевич А. А., абы и дэIэпыкъуэгъухэу Адыханян И. Г., Омаров А. М., Федосов П. С.
КъБР-м и Iэтащхьэмрэ
Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "30094.txt"
} |
Гъуэтыж Камилэ цIыкIу и гуфIэгъуэ
Бадзэуэгъуэм и 5-м КъБР-м и Iэтащхьэм и Интернет-егъэблэгъапIэм Iэрыхьащ Къулъкъужын Ищхъэрэ къуажэм щыпсэу Гъуэтыж Камилэ Заурбэч и пхъум къыбгъэдэкI тхыгъэ. Хъыджэбз цIыкIур КъБР-м и Iэтащхьэм телефоныщIэ къыхуищэхуну елъэIурт. «Япэ зыкъизгъэщауэ фIыщIэ пхузощI! Сэ уэ фIыщэу узолъагъу!», — къитхащ сабийм. Тхыгъэм еджэри, Къанокъуэ Арсен езым и дэIэпыкъуэгъухэм пщэрылъ ящищIащ Камилэ цIыкIу телефон къыхуащэхуну.
Иджыблагъэ Правительствэм и унэм ирагъэблагъэри, хъыджэбз цIыкIум иратыжащ апхуэдизу зыщIэхъуэпса хьэпшыпыр.
«АпхуэдизкIэ ар а тыгъэм щыгуфIыкIырти, уеблэмэ япэ щIыкIэ и фIэщ хъуртэкъым къыхуэупсауэ. Зэпымыууэ къызэупщIырт: Iэтащхьэм и деж нэсауэ пIэрэ си лъэIур?», — къыджиIащ хъыджэбз цIыкIум щIыгъуа и Iыхьлы цIыхубзым.
Камилэ тыгъэ гукъинэжым папщIэ Iэтащхьэм фIыщIэ хуищIащ икIи къигъэгугъащ «тху» фIэкIа къимыхьу еджэну.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "30097.txt"
} |
КъБР-м и ТВ-мрэ радиомрэ
1КъБР «Мир» канал
Блыщхьэ, бадзэуэгъуэм и 29
7.00 Мультфильм (6+)
7.10 «Зэманымрэ цIыхумрэ». КъБР-м цIыхухэм Iуэхутхьэбзэ яхуэщIэнымкIэ и IэнатIэм щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Золотарев Валерэ (16+)
7.40 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр»
8.10 «Дэ къытхуэнар». Адыгэ литературэм и классик ЩоджэнцIыкIу Алий (адыгэбзэкIэ) (12+)
8.45 «Iущыгъэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (6+)
9.15 «49-нэ каналым и пощт» (12+)
18.00 Мультфильм (6+)
18.10 «Узыншэу фыщыт». Тележурнал (адыгэбзэкIэ) (12+)
18.30 «Гум къиIукI уэрэд». «Амикс» уэрэджыIакIуэ гупым и солист Холамханов Къайсын и концерт. ПэщIэдзэр (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
19.30 «Хьэбалэрэ Хьэбашэрэ». Думэн Мурадин и пьесэм къытращIыкIа спектакль (адыгэбзэкIэ) (12+)
21.10 «Насып». Лэжьыгъэм и ветеран Зашаев Тенджыз. Кэнжэ къуажэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
21.40 ХъыбарыщIэхэр
Гъубж, бадзэуэгъуэм и 30
7.00 Мультфильм
7.15 «Гъуэплъыфэ уафэ». Сабийхэм папщIэ спорт тележурнал (6+)
7.40 ХъыбарыщIэхэр
8.00 «Гухэлъ уэрэдхэр». Лирикэ пшыхь (адыгэбзэкIэ) (12+)
8.30 «Гъуазджэм и бзэкIэ». Пащты Герман и ксилографие еджапIэр (адыгэбзэкIэ) (12+)
8.55 «Насып». Лэжьыгъэм и ветеран Жаппуевэ Зухра (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
9.20 «Макъамэм и дунейм». Къэбэрдей-Балъкъэр Къэрал филармонием и симфоние оркестрым и концерт (12+)
18.00 Мультфильм (6+)
18.10 «Усыгъэм и дунейм». УсакIуэ Уэрэзей Афлик (адыгэбзэкIэ) (12+)
18.30 «Гум къиIукI уэрэд». «Амикс» уэрэджыIакIуэ гупым и солист Холамханов Къайсын и концерт. КIэухыр (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
19.30 «Япэ лъэбакъуэхэр». ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтыр (12+)
20.05 ЦIыхубэ творчествэм и дунейпсо фестивалу Бобруйск къалэм щекIуэкIар (12+)
20.35 «Джэрпэджэж». Тележурнал (адыгэбзэкIэ) (16+)
21.10 «Хъыршыным и махуэ» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
21.20 «Гъэмахуэм и уэрэд». Гундэлэн къуажэм дэс сабийхэм гъэмахуэм зэрызагъэпсэхум теухуауэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
21.40 ХъыбарыщIэхэр
Бэрэжьей, бадзэуэгъуэм и 31
7.00 Мультфильм (6+)
7.10 «Ташлы-Тала: дыгъуасэ, нобэ, пщэдей» (12+)
7.40 ХъыбарыщIэхэр
8.00 «Си лъахэ». Тамбукъан гуэлыр (адыгэбзэкIэ) (12+)
8.20 «Уэрэдыр зи Iэпэгъу». Къэбэрдей-Балъкъэр Къэрал филармонием и уэрэджыIакIуэ Къул ФатIимэ (адыгэбзэкIэ) (12+)
8.55 «УсакIуэм и унэм» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
9.20 Созаруков Нурий и усэхэр зыщIэлъ уэрэдхэр (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
18.00 Мультфильм (6+)
18.15 «Красный Крест: 150 лет гуманитарной деятельности» (12+)
18.30 «Бэрэжьей пщыхьэщхьэм…» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
19.30 Сурэттех Къарей Элинэ (12+)
20.00 «Чемпионхэр». СССР-м бэнэнымкIэ спортым и мастер Беккиев Азрэт (12+)
20.25 «Кабардинка» къэрал академическэ къэфакIуэ гупыр илъэс 80 щрикъум ирихьэлIэу. «Лъэпкъым и набдзэ» (адыгэбзэкIэ) (12+)
21.00 «Ууаз» (балъкъэрыбзэкIэ) (1+)
21.30 «Зи чэзу псалъэмакъ»
21.40 ХъыбарыщIэхэр
Махуэку, шыщхьэIум и 1
7.00 Мультфильм (6+)
7.15 «Чемпионхэр». МотокроссымкIэ спортым и мастер Цалиев Михаил (12+)
7.40 ХъыбарыщIэхэр
8.00 «Нэхъыжьхэм я псалъэ». Лэжьыгъэм и ветеранхэу Джэрыджэхэ Беслъэн, Хьэсанш, Хьэчим сымэ. Жэмтхьэлэ къуажэ (адыгэбзэкIэ) (12+)
8.35 «Унэ цIыкIу». «Теремок» урыс цIыхубэ таурыхъым къытращIыкIа постановкэ (адыгэбзэкIэ) (6+)
9.10 КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ Макитов Сафар (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
9.40 «Ойнай-ойнай…». ГушыIэ программэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
18.00 Мультфильм (6+)
18.10 «Гупсысэ». ЩIалэгъуалэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
18.30 «Уэрэдыр зи Iэпэгъу». Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал музыкэ театрым и уэрэджыIакIуэхэу ХьэхъупащIэ Амырхъанрэ Къуэдзокъуэ Алимрэ зыхэт концерт. ПэщIэдзэр (адыгэбзэкIэ) (12+)
19.30 «ЦIыхухъухэм папщIэ». Тележурнал (16+)
20.00 Адыгэ шхыныгъуэхэр» (адыгэбзэкIэ) (12+)
20.15 «Ди ЩоджэнцIыкIу Алий». Адыгэ литературэм и классик ЩоджэнцIыкIу Алий и гъащIэмрэ и творчествэмрэ теухуа тхылъыр утыку кърахьэ (адыгэбзэкIэ) (12+)
20.45 Зауэмрэ лэжьыгъэмрэ я ветеран Ахкубеков Исхьэкъ (балъкъэрыбзэкIэ).
21.15 «Дунейм и телъыджэ». Iуащхьэмахуэ «Урысей-10» зэпеуэм хэтщ (12+)
21.40 ХъыбарыщIэхэр
Мэрем, шыщхьэIум и 2
7.00 Мультфильм (6+)
7.10 «ЦIыхухъухэм папщIэ». Тележурнал (16+)
7.40 ХъыбарыщIэхэр
8.00 «ФIым телэжьэн». КъБР-м и цIыхубэ артист Сэхъу Хьэсэн (адыгэбзэкIэ) (12+)
8.35 «Ди псэлъэгъухэр». ТхакIуэ Къумыкъу Мамдухь (адыгэбзэкIэ) (12+)
9.10 «Зэманымрэ цIыхумрэ». Гамаевхэ я унагъуэр (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
9.40 «Къэрабэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ)
18.00 Мультфильм (6+)
18.10 «Гъуэплъыфэ уафэ». Сабийхэм папщIэ спорт тележурнал (6+)
18.30 «Уэрэдыр зи Iэпэгъу». Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал музыкэ театрым и уэрэджыIакIуэхэу ХьэхъупащIэ Амырхъанрэ Къуэдзокъуэ Алимрэ зыхэт концерт. КIэухыр (адыгэбзэкIэ) (12+)
19.30 «Ар фщIэн хуейщ». Медицинэ хъыбарыщIэхэр (12+)
20.00 «Гъэмахуэм». «Къурш псынэ» гъэмахуэ зыгъэпсэхупIэ лагерыр (адыгэбзэкIэ) (12+)
20.25 «Зэчиймрэ IэпщIэлъапщIагъэмрэ». КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Кулиевэ Элизат (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
20.55 «49-нэ каналым и пощт» (12+)
21.40 ХъыбарыщIэхэр
Щэбэт, шыщхьэIум и 3
7.00 Мультфильм (6+)
7.10 «Бгым дэкIхэр». «Безенги» альплагерым теухуа хъыбархэр (12+)
7.40 ХъыбарыщIэхэр
8.00 «ГъащIэ гъуэгуанэ». КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Иуан Владимир (адыгэбзэкIэ) (12+)
8.40 «Нарт оюнла». Балъкъэр Ипщэ къуажэм и махуэшхуэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
9.10 «49-нэ каналым и пощт» (12+)
18.00 Мультфильм (6+)
18.20 «Iущыгъэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (6+)
18.40 Спорт программэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
19.10 «Ыйыкъ». ХъыбарыщIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ)
19.25 «Сабийхэмрэ уэрамымрэ» (адыгэбзэкIэ) (6+)
19.50 «ЩIыуэпс». Дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэным теухуауэ (адыгэбзэкIэ) (12+)
20.25 «Республикэм щыхъыбархэр». ХъыбарыщIэхэр (адыгэбзэкIэ)
20.40 «Спортым и тхыдэм щыщ напэкIуэцIхэр» (12+)
21.00 «49-нэ каналым и пощт» (12+)
Тхьэмахуэ, шыщхьэIум и 4
7.00 Мультфильм (6+)
7.10 «Бгым щызэхуозэхэр». «Шхельда» альплагерыр (12+)
7.40 «Республикэм щыхъыбархэр». ХъыбарыщIэхэр (адыгэбзэкIэ)
8.00 «Ди псэлъэгъухэр». ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и актрисэ Тхьэщыгъуей Жаннэ (адыгэбзэкIэ) (12+)
8.35 «Ыйыкъ». ХъыбарыщIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ)
8.50 «ЕгъэджакIуэ». УФ-м цIыхухэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Каркаевэ Жаннэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
9.20 «49-нэ каналым и пощт» (12+)
17.50 Мультфильм (6+)
18.05 «Прорыв» программэр. КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къущхьэ Хьэсбий (12+)
18.40 «Телъхьэ уанэр си шым». Адыгэ шы лъэпкъыр (адыгэбзэкIэ) (12+)
19.10 «СиIат сэри зы хъуэпсапIэ». КъБР-м щIыхь зиIэ артист Тэтэр Анатолэ (адыгэбзэкIэ) (12+)
19.45 «Кязим и дерсхэр». КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ Созаев Ахъмэт (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
20.05 «Кавказым хуэусахэр». Кинорежиссёр, тхакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ Вэрокъуэ Владимир (16+)
20.40 «49-нэ каналым и пощт» (12+)
21.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр»
«Къэбэрдей-Балъкъэр» ГТРК-м и ТВ
Блыщхьэ, бадзэуэгъуэм и 29
7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр
11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ)
11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ)
14.30, 17.15, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр
18.30 «ЦIэхэр». Къэбэрдокъуэ М.
19.00 «ЦIыхумрэ зэманымрэ». Ботчаев Т.
Гъубж, бадзэуэгъуэм и 30
7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр
9.00 «Унагъуэ альбом»
9.30 «Реалекс»
11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ)
11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ)
14.30, 17.15, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр
18.30 «Зэманым и лъэужь»
Бэрэжьей, бадзэуэгъуэм и 31
7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр
11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ)
11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ)
14.30, 17.15, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр
18.30 «Без фальши»
19.00 «ДымыцIыху Къэбэрдей-Балъкъэр»
Махуэку, шыщхьэIум и 1
7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр
9.00 «Нобэ япщэфIхэр»
9.30 «Тоути»
11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ)
11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ)
14.30, 17.15, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр
18.30 «Дыгъуасэ. Нобэ. Пщэдей». КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ЗэрамыщIэ Заретэ
19.05 «Лъагъуныгъэр гъащIэм хуэдэу». КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Мухьэмэд
Мэрем, шыщхьэIум и 2
7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр.
11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ)
11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ)
14.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр
17.15 ЩIыпIэ зэман. Кавказ Ищхъэрэм щыхъыбархэр
18.30 «Вояж»
19.05 «Литературэм и лъахэ»
Щэбэт, шыщхьэIум и 3
8.10, 11.10, 14.20 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр
10.05 «Нобэ япщэфIхэр»
10.40 «Реалекс»
Тхьэмахуэ, шыщхьэIум и 4
10.20 ЩIыпIэ зэман. «Тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр»
14.20 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр
«Къээрдей-Балъкъэр» ГТРК-м и радио
Блыщхьэ, бадзэуэгъуэм и 29
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ):
7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10
7.25 — 7.45 «ФIыуэ узолъагъу, си Хэку». Концерт (адыгэбзэкIэ).
7.45 — 8.00 «Хъаным къуэ ищIа щIалэр». «Бгырыс» хъыбарыжьхэм ящыщщ (балъкъэрыбзэкIэ).
10.15 — 10.30 «Гъэмахуэ тхыпхъэхэр». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ).
13.25 — 14.00 «Iуэху куэд щызэфIагъэкI блыщхьэ».
16.25 — 16.33 Зэгъусэу дыкъоджэ. Экзюпери Антуан «Пащтыхьыкъуэ ныбжьыщIэ».
Гъубж, бадзэуэгъуэм и 30
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ):
7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10
7.25 — 7.45 «Нэхъыжьхэм я Iущагъыр ди къулеигъэ мыкIуэщIщ» (адыгэбзэкIэ).
7.45 — 8.00 «Псэм уэрэд щыжиIэм деж». Концерт (балъкъэрыбзэкIэ).
10.15 — 10.30 Таурыхъым таурыхъыр кIэлъыкIуэу.
13.25 — 14.00 ШэджыхьэщIэ Хьэмыщэ. «Тобэ къехьыж». Япэ Iыхьэ.
16.25 — 16.33 Зэгъусэу дыкъоджэ. Экзюпери Антуан «Пащтыхьыкъуэ ныбжьыщIэ».
Бэрэжьей, бадзэуэгъуэм и 31
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ):
7.10, 10.00, 13.10, 16. 00, 18.10
7.25 — 7.45 «Гукъыдэж». Концерт (адыгэбзэкIэ).
7.45 — 8.00 «ЩIалэ цIыкIумрэ мыщэмрэ» таурыхъыр (балъкъэрыбзэкIэ).
10.15 — 10.30 Богатырев Унух. Усэхэр (балъкъэрыбзэкIэ).
13.25 — 14.00 ШэджыхьэщIэ Хьэмыщэ. «Тобэ къехьыж». ЕтIуанэ Iыхьэ (адыгэбзэкIэ).
16.25 — 16.33 Зэгъусэу дыкъоджэ. Экзюпери Антуан «Пащтыхьыкъуэ ныбжьыщIэ».
Махуэку, шыщхьэIум и 1
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ):
10.00, 13.10, 16.10, 18.10
7.10 — 8.00 «Жьырытэдж» (адыгэбзэкIэ).
10.15 — 10.30 «Зи ныбжь хэкIуэта боцманым къиIуэтэжар» рассказым щыщ пычыгъуэ.
13.25 -13.45 «Спорт хъыбархэр».
13.45 — 14.00 «Си Балъкъэр» концерт (балъкъэрыбзэкIэ).
16.25 — 16.33 Зэгъусэу дыкъоджэ. Экзюпери Антуан «Пащтыхьыкъуэ ныбжьыщIэ».
Мэрем, шыщхьэIум и 2
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ):
7.10 , 10.00, 13.10, 16.10, 18.10
7.25 — 7.40 Бэрэгъун Марьянэ уэрэд жеIэ.
7. 40 — 8.00 Былым къуажэм и тхыдэм щыщ.
10.15 — 10.30 Къамбий Джэфар. «Дыгъужь цIыкIумрэ щынэмрэ» таурыхъыр (адыгэбзэкIэ).
13.25 — 13.45 «Ууаз». Диным теухуа нэтын (балъкъэрыбзэкIэ).
13.45 — 14.00 «Инджылызыбзэр Джэдгъэф Маринэ и гъусэу зыдогъащIэ».
16.25 — 16.33 «Ислъамым и макъ».
Щэбэт, шыщхьэIум и 3
10.10 — 11.00 «Кавказ пшэплъхэр».
12.10 — 12.25 «КъБР: махуэр махуэм кIэлъыкIуэу». ХъыбарыщIэхэр (адыгэбзэкIэ).
12.25 — 12.40 «КъБР: махуэр махуэм кIэлъыкIуэу». ХъыбарыщIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ).
12.40 — 13.00 Балъкъэр уэрэдыжьхэр (балъкъэрыбзэкIэ).
Тхьэмахуэ,шыщхьэIум и 4
10.10 — 10.25 «КъБР: махуэр махуэм кIэлъыкIуэу». ХъыбарыщIэхэр.
10.25 — 11.00. Театрыр микрофоным Iутщ. Хетагуров Коста. «ФатIимэ» (балъкъэрыбзэкIэ).
12.10 — 13.00 Журт Биберт. «Къулыкъу фщIэну фызогъэблагъэ!» радиоспектакль (адыгэбзэкIэ).
КъБР-м и радио
Блыщхьэ, бадзэуэгъуэм и 29
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ):
7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 13.00, 14.00, 15.00, 16.00, 17.00, 18.00
7.15/13.05 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ).
7.45/14.50 «Жаншэрхъ» Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ).
8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ).
8.20/16.32 «ЩIэныгъэм я дунейм — зыплъыхьакIуэ» (балъкъэрыбзэкIэ).
8.40/14.35 «Лэгъупыкъу». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ).
9.00/18.05 «Зэпсэлъэгъухэр» (урысыбзэкIэ).
9.25/18.30 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ).
10.05 «Утыку» (адыгэбзэкIэ).
10.25/16.05 «Макъамэ яхъумахэр» (адыгэбзэкIэ).
11.05/17.05 «Чамхана» (балъкъэрыбзэкIэ).
11.25/17.25 «Уэрэдыр тыгъэ фхузощI» (балъкъэрыбзэкIэ).
11.48/17.48 «Гюрен». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ).
12.05/15.35 «Дуней тетыкIэ» (урысыбзэкIэ).
12.25/15.05 «КъехьэкI-нехьэкI зыхэмылъ псалъэмакъ» (урысыбзэкIэ).
14.05-14.35 «Дыхьэшхэным и хъуреягъкIэ» (адыгэбзэкIэ).
Гъубж, бадзэуэгъуэм и 30
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ):
7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00
7.45/14.45 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ).
8.20/16.30 «Боракъ» (балъкъэрыбзэкIэ).
9.00/18.05 «Зэманыр, къэхъукъащIэхэр, Iуэху еплъыкIэхэр» (урысыбзэкIэ).
9.20/18.25 «Гукъыдэж» (урысыбзэкIэ).
10.05 «Адыгэхэр: тхыдэр, хабзэр» (адыгэбзэкIэ).
10.50/15.50 «Зэхэфха? Флъэгъуа?» (адыгэбзэкIэ).
11.05/17.30 «Балъкъэр цIыхубэ уэрэдхэр» (балъкъэрыбзэкIэ).
11.30/17.05 «Гъэмахуэр нэгузыужь лъэхъэнэщ» (балъкъэрыбзэкIэ).
12.05/15.30 «Тхыдэм егъэщIылIа Iуэхухэр» (урысыбзэкIэ).
12.25/15.05 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ).
12.45/14.30 «Зи чэзу Iуэхум теухуауэ» (адыгэбзэкIэ).
14.05/16.05 «Макъамэ калейдоскоп» (адыгэбзэкIэ).
Бэрэжьей, бадзэуэгъуэм и 31
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ):
7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00
7.45/14.50 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ).
8.20/17.05 «Къонгуроучукъ». Сабийхэм папщIэ (балъкъэрыбзэкIэ).
8.45/16.50 «Гюрен». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ).
9.00/18.05 «Зи чэзу Iуэхум теухуауэ» (урысыбзэкIэ).
9.25/18.25 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ).
10.05/16.05 «Адэжь щIыналъэ» (адыгэбзэкIэ).
10.25/16.20 Концерт (адыгэбзэкIэ).
11.05-11.22 «Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ).
11.30/17.30 «Салам алейкум» (балъкъэрыбзэкIэ).
12.05/15.05 «Гъуазджэм и щIыналъэ» (урысыбзэкIэ).
12.40/15.40 «Кавказым и симфоние» (урысыбзэкIэ).
14.05 «Уэрэдыр и Iэпэгъуу» (адыгэбзэкIэ).
14.30 — 14.50 «Усыгъэм и сатыр мыкIуэдыжынухэр…» (адыгэбзэкIэ).
Махуэку, шыщхьэIум и 1
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ):
7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00
7.45/18.43 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ).
8.20/17.05 «Дэ къытхуэнар» (балъкъэрыбзэкIэ).
9.00/18.05 «Нэхъыщхьэм теухуауэ кIэщIу» (урысыбзэкIэ).
9.20/15.25 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ).
9.30/15.45 «Псэм и макъамэ» (урысыбзэкIэ).
9.42/15.35 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ).
10.05/16.05 «Динымрэ гъащIэмрэ» (адыгэбзэкIэ).
10.20/16.20 «Уэрэдыжьхэр» (адыгэбзэкIэ).
10.45-16.45 «ДунейгъафIэ». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ).
11.05/14.05 «Тейри къылыч» (балъкъэрыбзэкIэ).
11.30/17.35 «Чамхана» (балъкъэрыбзэкIэ).
12.05/15.05 «Макъамэхэр» (урысыбзэкIэ).
12.30/18.20 «Дуней тетыкIэ» (урысыбзэкIэ).
14.30-15.00 «Пшыналъэ». Нэгузегъэужь нэтын (адыгэбзэкIэ).
Мэрем, шыщхьэIум и 2
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ):
7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00
7.45/18.39 «Щэнхабзэм теухуауэ» (адыгэбзэкIэ).
8.20/17.30 «Дыщэ пхъуантэ цIыкIу» (балъкъэрыбзэкIэ).
8.35/14.05 «Къурш уэсылъэхэм я макъамэ» (балъкъэрыбзэкIэ).
9.00/18.05 «ГъащIэ упщIэ» (урысыбзэкIэ).
9.25/15.35 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ).
10.05 «Эфирыр псоми папщIэ» (адыгэбзэкIэ).
10.25 «Лъэпкъ прозэм и напэкIуэцIхэр» (адыгэбзэкIэ).
10.45/16.05 «Таурхъан». Сабийхэм папщIэ таурыхъхэр (адыгэбзэкIэ).
11.05/13.50 «Гуапагъэмрэ уахътыншагъэмрэ ятеухуауэ» (балъкъэрыбзэкIэ).
11.20/17.05 «Чамхана» (балъкъэрыбзэкIэ).
11.45/17.45 «Гюрен» (балъкъэрыбзэкIэ).
12.05/15.05 «Гъуазджэм и щIыналъэ» (урысыбзэкIэ).
12.35/18.20 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ).
12.44/18.29 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэ-кIэ).
14.30/16.25 «Ди гъусэу зывгъэпсэху» (адыгэбзэкIэ).
Щэбэт, шыщхьэIум и 3
7.00/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ).
7.38/13.38 «Вагъуэбэ» (адыгэбзэкIэ).
8.00/15.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ).
8.25/15.25 «Эрирей» (балъкъэрыбзэкIэ).
9.00/18.00 «Я гулъытэ нэхъыщхьэр зыхуэгъэзар» (урысыбзэкIэ).
9.25/18.25 «Дыщыпсэу дунейм» (урысыбзэкIэ).
9.45/18.45 «Усыгъэм и сатыр мыкIуэдыжынухэр…» (урысыбзэкIэ).
10.00-10.30 «Дэрэжэгъуэ». Нэгузегъэужь нэтын (адыгэбзэкIэ).
10.50/14.50 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ).
11.00/16.00 «Чамхана» (балъкъэрыбзэкIэ).
11.21/16.21 «Топалайчыкъ». Сабийхэм папщIэ (балъкъэрыбзэкIэ).
11.30/16.30 «Iуащхьэмахуэ и щыгум щыIу уэрэдхэр» (балъкъэрыбзэкIэ).
12.00/17.00 «Гукъыдэж» (урысыбзэкIэ).
12.44/17.44 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ).
14.00-14.50 «Радиотеатр» (адыгэбзэкIэ).
Тхьэмахуэ, шыщхьэIум и 4
«ХъыбарыщIэхэр». Тхьэмахуэм къэхъуахэр (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ):
8.00, 10.00, 12.00, 14.00, 15.00, 17.00
7.00/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ).
7.40/14.40 «ФIыуэ тлъагъу макъамэхэр» (адыгэбзэкIэ).
8.10/15.10 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ).
8.40/15.40 «Гюрен». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ).
9.00/18.00 «Iуэху нэхъыщхьэм теухуауэ» (урысыбзэкIэ).
9.35/18.35 «Дыщыпсэу дунейм» (урысыбзэкIэ).
9.45/18.45 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ).
10.10/14.10 «Макъамэ» (адыгэбзэкIэ).
10.40-10.58 «Зыгъэпсэхугъуэхэр, зыгъэпсэхугъуэхэр…» (адыгэбзэкIэ).
11.00/16.00 «Ди хъугъуэфIыгъуэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ).
12.10/17.10 «Театрыр микрофоным Iутщ» (урысыбзэкIэ).
13.35-14.00 «УсакIуэмрэ уэрэдымрэ» (адыгэбзэкIэ)
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "30108.txt"
} |
Египет (Мысыр) Хьэрып Респуликэ — фирхьэунхэмрэ пирамидэхэмрэ я къэрал
1- Фарукъ пащтыхь; 2- Садат Анвар; 3- Мурси Мухьэмэд; 4- Насер Гамал Абдел; 5 - Мубарак Хъусни
Иужьрей илъэс 80-м Мысырыр зыIэщIэлъахэр зауэлIхэрщ. Британием щыIэ дзэ академиер къэзыуха Фарукъ пащтыхьыр зэщIэхъееныгъэхэм яужькIэ ихъуэжащ подполковник Насер Гамал Абдел, абы къыкIэлъыкIуэу къулыкъур IэщIыхьащ офицер Садат Анвар. Исламистхэм яукIа Садат ипIэ иуващ дзэ кхъухьлъатэзехуэ, авиацэм и маршал нэхъыщхьэ Мубарак Хъусни. Иджыщ Мысырым дзэм зыкIи емыпха президент щиIар — Мурси Мухьэмэд. Мысырыр зэпIэзэрытыныгъэм хуэкIуэжын папщIэ аргуэру зауэлI хуеину пIэрэ?
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "30112.txt"
} |
Мэшыкъуэр зи плъапIэхэр
Мы гъэм еплIанэу ирагъэкIуэкI Кавказ Ищхъэрэ щIалэгъуалэ щIэныгъэ зэхыхьэм ди федеральнэ щIыналъэм щыщу хэтынухэр цIыху 3 927-рэ мэхъу. Абы къищынэмыщIауэ, хьэщIэхэр къикIынущ УФ-м и щIыналъэхэм, СНГ-м, Евросоюзым хыхьэ къэралхэм.
Гъэ къэс йофIакIуэ
— 2013 гъэм федеральнэ мылъкум къыхэкIыу зэхыхьэм текIуэдэнущ сом ме-луан 50, къищынэмыщIауэ, щIыпIэ бюджетым мелуани 5 къыхэкIынущ. А ахъшэр текIуэдэнущ лагерыр зыхуей хуэзэу къызэгъэпэщыным, — къыхигъэщащ Ставрополь крайм щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщIым и къуэдзэ Селин Владимир. — Ди щIыналъэм дежкIэ ар мыхьэнэшхуэ зиIэ зэхьэзэхуэхэм ящыщщ, абы и къалэн нэхъыщхьэри Кавказ Ищхъэрэм ис щIалэгъуалэр зэрыгъэцIыхунырщ, зэчиифIэхэр тегъэгушхуэнырщ, иджырей щIэныгъэ технологиехэм щыгъэгъуэзэнырщ.
ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ комитетым Iулыджышхуэ щиIэщ мыбы, бысымым и зэфIэкIым хохъуэ, егъэджэныгъэ щрагъэкIуэкI утыкухэм къыхагъахъуэ, абы къыщаIэт упщIэхэр нэхъ куу мэхъу. Грант фондыр зэрыщытауэ къэнэжащ — сом мелуани 100 бюджетым къыхокI. Зэрырагъаджэ программэхэр ирагъэфIэкIуащ (япэрейм хэта Iуэху зэIумыбзхэм хэплъэжащ, зи IэщIагъэм пэмылъэщу къалъыта тренерхэмрэ лекторхэмрэ теухуауэ къагъэлъэгъуауэ щыта мыарэзыныгъэхэр къалъытащ).
— Сэ щIэныгъэм егъэлеяуэ дихьэххэм сащыщкъым, ауэ сэбэпынагъ пылъу зызгъэпсэхуну сфIэфIщ, — жеIэ Ставрополь Iэщ зехуэнымрэ Iусыпхъэ зехьэнымкIэ и щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и лэжьакIуэ, мэкъумэш щIэныгъэхэм я кандидат, «Умник-2012» грантыр къэзыхьа Пикалов Алексей. — Гукъыдэжышхуэ сиIэу срихьэлIащ, «Мэшыкъуэм» си щыпэкIуэщ. А щIыпIэ телъыджэм сэбэпынагъ ин зыпылъ лэжьыгъэмрэ зыгъэпсэхунымрэ екIуу щызэдэпхь мэхъу, уеблэмэ къэхутэныгъэщIэхэм ухуишэнкIэ зыхуэIуа щыIэкъым.
Илъэс 25-рэ зи ныбжь ставрополдэсым и щIэныгъэ къэхутэныгъэхэр хуэгъэпсащ мэл гъэхъуным зегъэужьыным фейдэуэ къыпэкIуэр процент 70-кIэ гъэбэгъуэным. Мэкъумэшым елэжь Ставрополым дежкIэ ар мыхьэнэ зиIэ Iуэхущ. Абы къегъэлъагъуэ зэхыхьэм лъэныкъуэ куэд къызэрызэщIиубыдэр — волонтёр лэжьыгъэм щегъэжьауэ къэпщытэныгъэ щIэныгъэм нэс.
Куэд къызэщIеубыдэ
Шатская Иринэ нэгъабэрей зэхыхьэр къызэгъэпэщыным жыджэру хэтахэм ящыщщ. Мы гъэм сыткIэ къыдихьэхыну пIэрэ Ставрополь и хьэщIэхэр?
— «Япэрауэ, цIыхухэмкIэ — ди лъахэр зэрыгушхуэ лIыхъужьхэмкIэ. Апхуэдэу, щIыналъэм и пщIэр зыгъэлъагэ спортсменхэр, артистхэр, музыкантхэр, щIэныгъэлIхэр яхэтынущ щIалэгъуалэм, — жеIэ Иринэ. — Олимп чемпионхэр, Къэзан щекIуэкIа Универсиадэм текIуэныгъэ къыщызыхьахэр-щэ?! «Мэшыкъуэм» щыIэхэм абыхэм драгъэкIуэкIынущ пщэдджыжь зарядкэхэр. Ди мурадщ, ди лъахэгъу цIэрыIуэ Слепаков Семён форумым хэтхэм яIудгъэщIэну. «КВН-м и школи» къызэдгъэпэщынущ. Ар куэдым телъыджэ ящыхъуну ди гугъэщ.
Зэрыхабзэу, зэхыхьэр Ставрополь крайм и махуэмкIэ къызэIуахынущ. Мы гъэм абыи щIэщыгъуагъ хэтлъхьэну ди мурадщ. Хабзэ хъуа лъэпкъ пщIантIэхэракъым духуэнур, атIэ дэтхэнэми и зэфIэкI щигъэлъэгъуэфыну интерактивнэ утыкухэрщ. Абыхэм ящыщ зым зэхыхьэм кърихьэлIэхэм щызэдаухуэнущ арт-объект гуэр. Ар зищIысу щытынур зэкIэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ комитетым и щэхущ. Нэхъыщхьэр, абы псоми я гуащIэ зэрыхалъхьэнурщ.
Гъунэгъу зэхущытыкIэ
— Зэхыхьэм къыщызэIуахынущ Iуэхугъуэ щхьэхуэхэм хуэгъэпса утыкухэр. Щхьэж и щхьэ Iуэху фIэкIа зэримыхуэжу щытынукъым. Псалъэм папщIэ, «Победа-70» унэтIыныгъэм ухэтмэ, абы къикIыркъым нэгъуэщI Iуэхухэр зэпкърызыххэм уахыхьэ мыхъуну. Дэтхэнэми лагерым щигъэкIуэну зэманыр лъэныкъуэ куэдкIэ къалъытэн хуейщ: къыщыкIуэкIи щежьэжкIи тест лэжьыгъэхэр ягъэзэщIэнущ, Iуэхум зэрыпэрыт жыджэрагъри къалъытэнущ. НыбжьыщIэм хуагъэувыну дэтхэнэ баллми мыхьэнэ иIэнущ щхьэж и проектыр пхигъэкIынымкIэ. Статистикэм къипщытэнущ ехъулIэныгъэхэри щыуагъэхэри, къищынэмыщIауэ, щхьэж езым къигупсыса унэтIыныгъэкIэ утыку иухуэну хуитыныгъэ иIэнущ.
Иджыри зы щIэщыгъуагъ. Мы гъэм кураторхэм къахэхъуэнущ. «ХъыбарегъащIэ IэнатIэр» и нэIэ щIэтынущ Шэшэн Республикэм ЩIалэгъуалэ политикэмкIэ и министерствэм. Iуэхур гугъуми, ар я пщэ далъхьэну щахуэдгъэлъэгъуам, занщIэу арэзы хъуахэщ, жэуаплыныгъэшхуэ зэрыпылъыр къагурыIуэ пэтми. ЩIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм я зэхыхьэм зеубгъу, я зэфIэкIхэм хохъуэ, — жиIащ Иринэ.
Максимовэ Еленэ.
«Аргументы и факты».
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "30115.txt"
} |
КъэралитI зэпамыщIэу, Хэкум кIуэжыфамэ…
Сирие Хьэрып Республикэм щекIуэкI зауэм кърихужьахэм ящыщщ адыгэхэр. Зи щхьэр мафIэм къыхэзыхахэр къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм Iэпхъуащ, гузэвэгъуэр ящхьэщыкIыху щыпсэуну. Апхуэдэу ди лъэпкъэгъухэм я нэхъыбэм ТыркумкIэ яунэтIащ. Абыхэм гуапэу къапежьащ а къэралым щыпсэу я къуэшхэр икIи адыгэ нэхъыбэ зыдэс жылагъуэхэм псэупIэ къыщыхуагъуэтащ. «Хуитыныгъэ» радиом и корреспондент Емуз Баязыт иджыблагъэ яIущIащ гузэвэгъуэ хэхуа адыгэхэм бысым яхуэхъуа я къуэшхэм.
(СэмэгумкIэ къыщыщIэдзауэ) Дзыгъуанэ Хьэнэфий, ГъукIакъуэ Эрол, Емуз Баязыт сымэ. Мараш къалэм щыпсэухэр ящыщщ Сирием къикIа ди къуэшхэр Тырку къэралым адыгагъэ яхэлъу къезыгъэблэгъахэм. Абыхэм я Iуэху зэрыдэкIым, езыхэм зэрызыщIагъэкъуэфым тхутепсэлъыхьащ адыгэ жылэхэм дэсхэр:
Дзыгъуанэ Хьэнэфий: — Адыгэхэр дэнэ щIыпIэ кIуэуэ щытми, езыхэм я лъэпкъэгъу къалъыхъуэ, абыхэм зыпащIэ — ар ди хабзэщ. ЩтапIэ ихьэжа ди къуэшхэмрэ дэрэ апхуэдэ щIыкIэкIэ дызэрыгъуэтащ, езыхэр дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэт, дэ гузэвэгъуэ хэхуахэм зэрызащIэдгъэкъуэн Iэмал къэтлъыхъуэрт.
Тыркум ис адыгэ псоми сыт и лъэныкъуэкIи тхузэфIэкIыр дощIэ, диIэр зэдыдогуэш.
ГъукIакъуэ Эрол: — Тыркум къэкIуа ди къуэшхэр зыхуей хуэдгъэзэн папщIэ, зэлъэпкъэгъухэр дызэхыхьауэ ди Iэ къызыпекIуэкI къэдгъанэркъым. А Iуэхум теухуауэ Мараш къалэм и Iэтащхьэм зыхуэдгъазэри, Сирием къиIэпхъукI ди къуэшхэм я Iуэху зыIутым щыдгъэгъуэзащ. ИкIи ди лъэIур зэхищIыкIри, ди жылэм къыдэтIысхьахэм мазэ къэс ерыскъыхэкIхэр яхуигуэшыну дыкъигъэгугъащ. А унафэри ягъэзащIэ.
Тумэ Шахуэр: — Сэ сызэрегупсысымкIэ, мыпхуэдэу дымыщIамэ нэхъыфIт, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, зэкIэ къэкIуахэр дэр-дэру зыхуей худогъэзэф, ауэ цIыху гупышхуэхэм къэкIуэн щIадзэмэ, къэралым и дэIэпыкъуныгъэм дыхуэныкъуэнущ. Абы нэхъапэ дегупсысу, Iуэхур занщIэу апхуэдэу дгъэпсын хуеящ. КъищынэмыщIауэ, залымыгъэм кърихужьэ ди къуэшхэр хэкум кIуэжыну я нэ къокI, ауэ апхуэдэ Iэмал яIэкъым. Ди адэшхуэхэр къыздикIа щIыналъэм ирагъэблэгъэжу зэтраублэфатэмэ, абы нэхъыфI сыт щыIэт?!
Жылэхьэж Ибрэхьим: — Ди къуажэ Сэрэджыкъи къыдэтIысхьащ ди къуэшхэр, уеблэмэ сэ си уни естауэ щызогъэпсэу. Мыхэр зауэм кърихужьауэ аращ. Къыхэзгъэщыну сыхуейщ иджыпсту Тыркум къэIэпхъуэхэр ди лъэпкъэгъуу щымытами, апхуэдэ гузэвэгъуэ хэхуахэм дазэрыдэIэпыкъунур. Лей къызытехьар зэи утыку къибнэ хъунукъым, пщэдей уэ къыпщыщIынур пщIэркъым.
Иджыпсту унэ-лъапсэ зыгъуэтахэр хъарзынэу мэпсэу, я сабии балигъи къыдэсахэщ. Нэхъапэм я цIыкIухэр къыдбгъэдэмыхьэу, къытщыукIытэу щытати, иджы къыдэсахэщ, я гъу- нэгъухэми хъарзынэу ядогъуэгурыкIуэ.
Щанэ Эрхьан: — Ди хэкум кIуэжыфамэ нэхъыфIт нобэ ди деж къыщызэтеувыIэхэр. Я бзэр, я хабзэр, я лъахэр ягъуэтыжынут, хамэ щIыпIэхэр зэпащIэу дэмыту. Дэри ди нэ къокI Къэбэрдейм дыкIуэжыну, унагъуэ-унагъуэу дыщетIысэхыжыну. Абы ипкъ иткIэ, Урысейр Iуэхум хэлIыфIыхьын хуейщ, арыншауэ ди гурылъхэр къыдэхъулIэнукъым.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "30117.txt"
} |
Мы махуэхэм
Бадзэуэгъуэм и 25, махуэку
Тунисыр Республикэ щыхъуа махуэщ
Актер, усакIуэ, уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, РСФСР-м щIыхь зиIэ и артист Высоцкий Владимир (1938 — 1980) дунейм щехыжа махуэщ.
1472 гъэм шэрджэс кхъухь 24-рэ тенджыз ФIыцIэм зэпрыкIри, Тыркум теуауэ щытащ.
1943 гъэм Прохладнэ — Налшык гъущI гъуэгур зэфIэгъэувэжыныр зэфIэкIащ.
1984 гъэм Савицкая Светланэ цIыхубз космонавт-хэм ящыщу япэу кхъу- хьым къикIри, хьэршым хыхьащ.
КъШР-м и цIыхубэ тхакIуэ Ахъмэт Мухьэдин къызэралъхурэ илъэс 96-рэ ирокъу.
АР-м и къэрал лэжьакIуэ, журналист, политикэ щIэныгъэхэм я доктор КIэрашэ Аслъэнбэч и ныбжьыр илъэс 65-рэ ирокъу.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 24 — 26-рэ, жэщым градус 19 — 21-рэ щыхъунущ.
Бадзэуэгъуэм и 26, мэрем
Кубэ Республикэм и лъэпкъ махуэшхуэщ — цIыхубэм зыкъыщаIэта махуэщ. 1953 гъэм бадзэуэгъуэм и 26-м щIадзэри, лъэпкъыр щIэбэнащ Батистэ Фульхенсио и диктатурэр тедзыным. А бэнэныгъэр Кастрэ Фидель зи пашэ хэкупсэхэм я текIуэныгъэкIэ иухащ 1959 гъэм.
1918 гъэм къызэрагъэпэщащ Статистикэм и управленэ нэхъыщхьэр.
1926 гъэм Петропавловск быдапIэм декабристхэр щаукIащ.
1957 гъэм СССР-м дунейм щыяпэу иутIыпщащ гъуэгуанэшхуэ зэпызычыф баллистическэ ракетэр.
ТхакIуэ, тхыдэдж-архивист, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Опрышкэ Олег и ныбжьыр илъэс 77-рэ ирокъу.
УсакIуэ цIэрыIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Бицу Анатолэ и ныбжьыр илъэс 67-рэ ирокъу.
Къэрал лэжьакIуэ, КъШР-м и Правительствэм и УнафэщIу щыта Къардэн Алик и ныбжьыр илъэс 59-рэ ирокъу.
КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Iэщын Руслан и ныбжьыр илъэс 43-рэ ирокъу.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 21 — 26-рэ, жэщым градус 17 — 21-рэ щыхъунущ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "30122.txt"
} |
Зэгъунэгъухэр зэрытегъэкIуакъым
Урысей Федерацэм футболымкIэ и япэ дивизионым 2013 — 2014 гъэхэм щекIуэкI зэхьэзэхуэм и еплIанэ джэгугъуэм ипкъ иткIэ «Спартак-Налшыкым» Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм вэсэмахуэ къыщригъэблэгъат Владикавказ и «Алания»-р.
Зэгъунэгъу республикэхэм я командэхэр я къарукIэ зэхуэдэу къыщIэкIащ икIи зэрытемыгъэкIуауэ, 1:1-уэ, я зэIущIэр иухащ. Ди щIалэхэм ящыщу топыр дигъэкIащ Руа Карлос.
«Спартак-Налшыкымрэ» «Алания»-мрэ я зэIущIэр зэрекIуэкIамрэ зи чэзу джэгугъуэм и ужькIэ япэ дивизионым и турнир таблицэм игъуэта теплъэмрэ ятеухуа тхыгъэ ди газетым и къыкIэлъыкIуэ къыдэкIыгъуэм тетынущ.
Хьэтау Ислъам.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "30124.txt"
} |
Iуащхьэмахуэ лъапэ щаухуэ
УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хлопонин Александр лэжьыгъэ IуэхукIэ Iуащхьэмахуэ лъапэ щыIащ бадзэуэгъуэм и 23-м. Абы и гъусащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсенрэ «Кавказ Ищхъэрэм и курортхэр» ОАО-м и унафэщI Верещагин Сергейрэ.
Хлопонин Александр, Къанокъуэ Арсен, Верещагин Сергей.
Вице-премьерым ирагъэлъэгъуащ зыгъэпсэхупIэм щаухуахэр. ХьэщIэ лъапIэхэр гондол кIапсэ гъуэгумкIэ «Мир» станцым нэс (тенджыз щIыIум нэхърэ метр 3500-кIэ нэхъ лъагэщ) дэкIуеящ икIи абы щытепсэлъыхьащ Iуащхьэмахуэ — Безенги проектыр гъэзэщIэным теухуауэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ ОАО-мрэ зэрызэдэлэжьэнум егъэщIылIа Iуэхухэм, апхуэдэу иджырей курортхэр зейхэмрэ къызэрагъэпэщ экономикэ щIыпIэ щхьэхуэхэмрэ зэхуэдэ Iэмалхэр зэрыратыфыну щIыкIэм. ЗэIущIэм къыщыхагъэбелджылыкIащ зэгъусэу яубзыхуа Iуэхухэр щагъэзащIэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ «Кавказ Ищхъэрэм и курортхэр» ОАО-мрэ нэхъ куууэ зэдэлэжьэн зэрыхуейр.
Апхуэдэу и гугъу ящIащ «Мир» станцым къыщыщIэдзауэ «Гара-Баши» станцым (тенджыз щIыIум нэхърэ метр 3780-кIэ нэхъ лъагэщ) нэс метр 1000 зи кIыхьагъ «Iуащхьэмахуэ-3» кIапсэ гъуэгу ухуэнымкIэ щыIэ Iэмалым.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "30126.txt"
} |
Subsets and Splits
No community queries yet
The top public SQL queries from the community will appear here once available.