text
stringlengths 11
353k
| meta
dict |
---|---|
Ди школакIуэхэр фIыкIэ къахощ
Налшык къалэм, Бахъсэн, Дзэлыкъуэ, Тэрч, Май, Прохладнэ, Iуащхьэмахуэ районхэм я школхэр дызэрыт илъэсым къэзыух щIалэрэ хъыджэбзу 24-рэ хэтащ «Гъуэгум и щIэдзапIэ» проектым и ещанэ (кIэух) Iыхьэм. Ар къызэрагъэпэщат зэфIэкIышхуэ зыбгъэдэлъ щIалэгъуалэр утыку къишэнымкIэ лъэпкъпсо системэм и концепцэу УФ-м и Президентым нэгъабэ мэлыжьыхь мазэм къищтар гъэзэщIэным хиубыдэу. Проектыр зытеухуар къэрал, муниципальнэ унафэр зэрызэрагъакIуэр къэзыгъэщIэрэщIэжыфын, егугъуныгъэрэ зэфIэкIрэ зыбгъэдэлъ еджакIуэхэр утыку къишэнырщ, апхуэдэу хьэрычэтым и IэнатIэм, граждан IуэхущIапIэхэм щылэжьэфынухэр гъэбелджылынырщ.
Проектым и ещанэ Iыхьэм хэтащ КъБР-м, КъШР-м, Ингуш Республикэм, Ставрополь крайм щекIуэкIа кIэух зэпеуэхэм щытекIуахэр. Абыхэм Iэмал ягъуэтащ властымрэ управленэмрэ я органхэм, хьэрычэтым и IэнатIэм, граждан IуэхущIапIэхэм щылэжьэнымкIэ ябгъэдэлъ зэфIэкIхэр къагъэлъэгъуэну. Зэпеуэр зэрекIуэкIым кIэлъыплъащ УФ-м и Президентым и Администрацэм, «Кавказ Ищхъэрэм зегъэужьыныр» корпорацэм, Урысей Федерацэм и Президентым и деж щыIэ академием я экспертхэр.
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ еджакIуэхэр зэпеуэм и унэтIыныгъэ зыбжанэм щытекIуащ. Къапщтэмэ, Тэрч къалэм щыщ Къасым Алим япэ увыпIэр къыщихьащ «Кавказым и дыгъэр къатепсэу мамыру псэухэр» зыфIаща проектым. Налшык щыщхэу КIэдыкIуей Альбинэ, Плужная Алинэ, апхуэдэу Къэрэгъэш къуажэм щыщ КIэщт Астемыр сымэ етIуанэ щыхъуащ «ЩIалэгъуалэм я деж экстремизмэмрэ ксенофобиемрэ я Iэужьхэр къыщымыгъэхъуныр» проектым. Бахъсэн щыщ Бжьыней Каринэрэ Майскэ къалэм щыщ Вартуни Иванрэ «Кавказ Ищхъэрэр гуапагъэм и щIыналъэщ» проектым и кIэух зэпеуэм хэхуащ.
Ныбэжь Таисэ,
КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ
и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "26885.txt"
} |
«Къэхъуным» «Кэнжэр» къызэтрегъэувыIэ
Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и гуп нэхъыщхьэм пашэныгъэр щызубыдахэм я бжыгъэр еплIанэ джэгугъуэм иужькIэ хуэдитIкIэ нэхъ мащIэ хъуащ.
Жыджэру зэхьэзэхуэр щIэзыдза «Кэнжэр» «Къэхъуным» къызэтригъэувыIащ. Ахэр зэрытемыгъэкIуауэ зэбгъэдэкIыжащ. ОчкоитI «ГидроЭС»-м фIигъэкIуэдащ «Къэбэрдейми».
Апхуэдэ щытыкIэр къагъэсэбэпри, турнир таблицэм бжьыпэр щаубыдащ «Прохладнэмрэ» «ЛогоВАЗ»-мрэ. А тIуращ япэ джэгугъуиплIми щытекIуэфауэ мыгъэрей зэхьэзэхуэм хэтыжыр.
Адрей зэIущIэхэм къахэгъэщхьэхукIыпхъэщ иужьрей илъэситIым Къэбэрдей-Балъкъэрым и чемпионыгъэр зыIэщIэлъ бахъсэндэсхэм я зэпэщIэтыныгъэр. Абы «Бахъсэныр» «Автозап- часть»-м 5:2-уэ щытекIуащ, къыкIэлъыкIуэу дыщэ медалхэр зыIэрагъэхьэну зэрачэзур адрейхэм ираIуэкIыу.
Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и чемпионатым щIидза къудейми, ар хуабжьу зэщIэплъащ. Абы и щыхьэтщ еплIанэ джэгугъуэм хэта командэхэм я футболиститху зэIущIэхэм къызэрыхахуар. Дагъуэ зыхуащIахэри мащIэкъым.
Гъуащхьауэхэм я зэпеуэм бжьыпэр щиубыдащ «Бахъсэным» щыщ Танокъуэ Рустам. Ар блэнейрэ къыхэжаныкIащ. Абы топитIкIэ къыкIэроху Дэба-гъуэр («Шэджэм-2»), Тэтэрыр («Кэнжэ»), Волковыр («Прохладнэ»). КъБР-м и чемпионатхэм зэи къыщымыхъуауэ зэхьэзэхуэм 55-рэ къыщыхэжаныкIыу нэгъабэ гъуащхьауэ нэхъ Iэзэ хъуа ШащIэ Беслъэн («Къэхъун») зэкIэ дигъэкIар топиплIщ.
АдэкIэ фащыдогъэгъуазэ зи чэзу еплIанэ джэгугъуэм кърикIуа бжыгъэхэм. Мис ахэр: «Шагъдий» (Налшык) — «ЛогоВАЗ» (Бабугент) — 2:3, «ДЕР» (Щхьэлыкъуэ) — «Шэджэм-2» (Шэджэм ЕтIуанэ) — 1:1, «СК-Союз-Сэрмакъ» (Сэрмакъ) — «Тэрч» (Тэрч) — 3:2, «Автозапчасть» (Бахъсэн) — «Бахъсэн» (Бахъсэн) — 2:5, «Эльбрус» (Тырныауз) — «Велес» (Къэрэгъэш) — 1:1, «Ислъэмей» (Ислъэмей) — «Спартак-Д» (Налшык) — 4:1, «Къэбэрдей» (Шэрэдж Ищхъэрэ) — «ГидроЭС» (Налшык) — 2:2, «Прохладнэ» (Прохладнэ) — «Нарт» (Наркъалэ) — 4:0, «Кэнжэ» (Кэнжэ) — «Къэхъун» (Къэхъун) — 1:1.
Хьэтау Ислъам.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "26889.txt"
} |
КИФЩI-м и спартакиадэм хэтынухэр къыхах
Къэбэрдей-Балъкъэрым и еджакIуэхэм дзюдомкIэ я спартакиадэ Налшык и «Спартак» стадионым щекIуэкIащ. Я хьэлъагъ елъытауэ гупи 9-у гуэшауэ зэпеуэм цIыху 65-рэ хэтащ икIи мы гъэм и накъыгъэм Мейкъуапэ щекIуэкIыну Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и спартакиадэм кIуэну Iэмал ягъуэтыным щIэбэнащ.
Абы и лъэныкъуэкIэ я кIэн къикIащ япэ, етIуанэ увыпIэхэр къэзыхьахэм. КИФЩI-м щытекIуэхэр фокIадэм Москва щекIуэкIыну Урысейм и школакIуэхэм я спартакиадэм хэтынущ.
Командэхэм я зэпеуэм налшыкдэсхэм бжьыпэр щаубыдащ. Май куейм и лIыкIуэхэр етIуанэщ, Шэджэм районым щыщхэр ещанэщ.
Щхьэзакъуэ зэхьэзэхуэхэм щытекIуащ Темрокъуэ Азэмэт, Шэру Муртаз, Гунжафэ Аскэр, Тэрчокъуэ Амырхъан, Мильцаев Роберт, Биттиров Тимур, МатIу Нурдин, Мусуков Исхьэкъ, ДыщэкI Анзор сымэ. ЕтIуанэ увыпIэр зыIэрагъэхьащ Кибаров Наим, Къумыкъу Мухьэмэд, БищIо Iэсхьэд, Гериев Елбар, Газаев Алим, Ало Резуан, Жылау Альберт, Батэ Ахьмэдхъан, Тхьэгъэзит Залым.
КъыхэжаныкIахэм щIыхь тхылъхэмрэ медалхэмрэ иратащ.
Гъэунэ Светланэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "26891.txt"
} |
ЗэфIэкI лъагэ
Бгы-лыжэ спортым и слалом-гигант лIэужьыгъуэмкIэ КъБР-м пашэныгъэ къыщыхьынымкIэ Байдаевэ Арюбэ и фэеплъ зэхьэзэхуэ зэIуха Iуащхьэмахуэ лъапэ щекIуэкIащ. Абы хэтащ Терсколрэ Домбейрэ (Къэрэшей-Шэр-джэс) я спортсмени 100-м нэблагъэ.
Байдаевэ Арюбэ Эльбрус бгы-лыжэ спортымрэ альпинизмэмкIэ сабий-ныбжьыщIэ спорт школым и къудамэм и гъэсэну щытащ. 2010 гъэм хъыджэбз цIыкIур игъуэта фэбжьым къелакъым. Илъэс къэс фэеплъ зэхьэзэхуэхэр езыгъэкIуэкI Байдаевхэ я унагъуэм игъэуващ зэпеуэм щытекIуахэмрэ абы хэтахэмрэ я саугъэтхэр.
Хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэхуэм терсколдэсхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ. ЗэфIэкI лъагэ къагъэлъэгъуащ Домбей къикIа ныбжьыщIэ цIыкIухэм. Абыхэм къахьащ дыщэ медалу зы, дыжьынуи апхуэдиз, жэзу тIу. ТекIуахэм — саугъэтхэр, зэхьэзэхуэм хэта дэтхэнэми дипломхэр хуагъэфэщащ.
КъБР-м Бгы-лыжэ спортымрэ сноубордымкIэ и федерацэм, Эльбрус дэт Бгы-лыжэ спортымрэ альпинизмэмкIэ сабий-ныбжьыщIэ спорт школым и къудамэмрэ я лIыкIуэхэм зэхьэзэхуэр зи фэеплъ Байдаевэ Арюбэ гуапэу ягу къагъэкIыжащ. Ар псэужамэ, мэлыжьыхьым и 5-м илъэс 19 ирикъунут.
Тарим Алисэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "26893.txt"
} |
Школ фащэхэр кърахьэжьэж
ШколакIуэхэм фащэ щхьэхуэ яIэн зэрыхуейм теухуа псалъэмакъыр куэд щIауэ къокIуэкI. АрщхьэкIэ нобэр къыздэсым унафэ пыухыкIа гуэри абы тращIыхьауэ щыткъым.
РИА «Новости» хъыбарегъащIэ IэнатIэм къызэритамкIэ, Урысейм и Президент Путин Владимир Дон Iус Ростов къалэм иджыблагъэ щригъэкIуэкIа конференцым щыжиIащ школ фащэхэр къегъэжьэжыныр игъуэу зэрыщытыр.
Къэрал унафэщIым и Iуэху еплъыкIэр сыткIи дэзыIыгъа, УФ-м егъэджэныгъэмкIэ и министерствэм щIыналъэ псоми яхуигъэхьащ школ фащэхэр зэрыщытын хуейм теухуауэ зэхалъхьа дэфтэр. Абы къызэрыхэщымкIэ, еджапIэ къэс фащэ зэмылIэужьыгъуэу 3 щызекIуэ хъунущ: сыт щыгъуи еджапIэм зэрыкIуэн, махуэ хэхахэм хуэщIа, спорт щыгъын.
Мы Iуэхум иджыпсту йолэжь модельер цIэрыIуэ Зайцев Вячеслав МодэхэмкIэ и унэр. «Школ фащэ зэщхьхэм еджакIуэхэр зэкъуегъэувэ, я гукъыдэжыр къеIэт, хьэл-щэныр епсыхь. Си гугъэмкIэ ар дэгъуэщ», — жеIэ Зайцевым. МодэхэмкIэ унэм щадыну фащэхэм я щапхъэхэр Урысейм и щIыналъэ псоми лъагъэIэсынущ. Ахэр цIыхур пэмылъэщын хуэдэуи лъэпIэнукъым (зы фэилъхьэгъуэр сом мини 3-3,5-рэ и уасэну аращ) икIи джанэу, плIэуэ, классикэ костюму, бостеикIэу, водолазкэу, сарафану зэхэтынухэщ. Псом ящхьэращи, абыхэм я дэтхэнэри къызэрыгуэкIыу икIи екIуу ядынущ, фащэр зыгъэщIэращIэ пкъыгъуэ лей лъэпкъи кIэралъхьэнукъым.
ЖАНХЪУЭТ Зузэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "26895.txt"
} |
Къагъэзэжыну щIохъуэпс
Чегет тафэм щагъэсащ наркобароным и хьэнцэгуащэр — Iеягъым и дамыгъэ пэлъытэр. Апхуэдэу мэлыжьыхьым и 5-м иухащ «Кавказыр зауэмрэ наркотикымрэ пэIэщIэу» фIэщыгъэм щIэту екIуэкIа «Iуащхьэмахуэ лъапэ-2013» бгы-лыжэ, макъамэ фестивалыр.
Гъатхэпэм и 30-м щыщIэдзауэ тхьэмахуэ зэхуакум къриубыдэу къызэгъэпэщакIуэхэм — Урысейм Наркотикхэм кIэлъыплъынымкIэ и федеральнэ къулыкъум и IуэхущIапIэу КъБР-м щыIэмрэ «Чегетия» бгы-лыжэ творческэ клубымрэ — Iуащхьэмахуэ зыщызыгъэпсэхухэм папщIэ спорт, макъамэ Iуэхугъуэ пщIы бжыгъэхэр ирагъэкIуэкIащ.
Урысейм Наркотикхэм пэщIэтынымкIэ и комитетымрэ КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсенрэ я щIэгъэкъуэну илъэс зыбжанэ хъуауэ фестивалыр ирагъэкIуэкI.
Мэзкуу, Волгоград, Санкт-Петербург къалэхэм къикIа бард цIэрыIуэхэу Калинкин Михаил, Юрков Дмитрий, Каменский Виктор сымэ, нэгъуэщI уэрэджыIакIуэхэм Iуащхьэмахуэ лъапэ щыпсэухэмрэ курортым и хьэщIэхэмрэ пщыхьэщхьэ къэс я нэгу зрагъэужьащ.
Бгы лыжэхэмрэ уэрэдхэмрэ я махуэшхуэм хабзэ зэрыхъуауэ Iуэхугъуэ куэд къызэщIеубыдэ: бгым къежэхэнымкIэ сабийхэмрэ балигъхэмрэ я зэхьэзэхуэхэр, зыгъэпсэхуакIуэм я концерт-зэпеуэхэр, Чегет щрагъэкIуэкI бгы-лыжэ карнавалыр, «Юморина» концерт-зэхэтыр, Iуащхьэмахуэ хуит къэзыщIыжа зауэлIхэм я фэеплъым деж удз гъэгъахэр щыгъэтIылъыныр, школакIуэхэм яIущIэныр. Гукъыдэж зиIэ псори уэрэд, спорт Iуэхугъуэхэм хэтыну Iэмал яIащ. Абыхэм щытекIуахэм иратащ Урысей ФСКН-м и директорым, КъБР-м и Iэтащхьэм, УФ-м Наркотикхэм кIэлъыплъынымкIэ и федеральнэ къулыкъум и IуэхущIапIэу КъБР-м щыIэм и унафэщIым ягъэува саугъэт лъапIэхэр.
ДаунхиллымкIэ туристхэм я спорт зэхьэзэхуэм (цIыхухъухэри цIыхубзхэри) щытекIуащ зэанэзэкъуэ Степаненкэ Мариерэ Сергейрэ. Творческэ зэпеуэм Локьяевэ Елизаветэ псоми ефIэкIащ. Спорт зэхьэзэхуэхэм я къызэгъэпэщакIуэхэм саугъэт щхьэхуэ хуагъэфэщащ бгым лыжэкIэ къежэхыным хэта паралимпийц Сеид-Заде Александр.
… «УзыгъэпIейтейр къызэрыгуэкIт — Чегет уэсыр щыткIуат». Хабзэ зэрыхъуауэ, Калинкин Михаил игъэзащIэ уэрэдым и макъамэ узэщIэзыIэтэмкIэ фестивалыр щызэхуащIыжым, къызэгъэпэщакIуэхэм хьэщIэхэм сэлам ирахыжащ. «Дэ Iэмал имыIэу къэдгъэзэжынущ» — жаIащ абыхэм.
МЭРШЭНКЪУЛ Наталье.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "26897.txt"
} |
ЛIыгъэншэр зэрыхъум хуэдэу мэпсэу, цIыху хахуэр зэрыщытын хуейуэ илъытэм ирокIуэ
Осетие Ищхъэрэ-Аланием хыхьэ Мэздэгу къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ ди лъэпкъэгъу цIэрыIуэ Тыркуин Анатолэ и фэеплъ махуэ. Ар къыщалъхуащ Ставрополь крайм и Къурей щIыналъэм хиубыдэ Азэней къуажэм, иджы Серноводск зыфIащыжам. Курыт еджапIэр къиухри, щIэтIысхьащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым икIи ехъулIэныгъэкIэ ПГС къудамэр къиухащ. Тыркуиныр IэнатIэ куэдым пэрытащ, ауэ псоми нэхъыбэу ягу къинэжар иужьрей зэманхэм абы ирихьэкIа лэжьыгъэрщ: КъБР-м КъызэрымыкIуэ щытыкIэхэмкIэ и министерствэм и Iэтащхьэу зэрыщытарщ, а IэнатIэм абы къыщигъэлъэгъуа Iуэху бгъэдыхьэкIэмрэ цIыхугъэ инымрэщ.
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и лIыкIуэхэр: ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, Бэгъущэ Iэдэм, Шэрджэс Мухьэмэд, МэшбащIэ Исхьэкъ, Сэхъурокъуэ Хьэутий, Дербит (Мудар) Валерэ, КIэкIыхъу Мэжид. Фэеплъ махуэм хэтыну КъБР-м и лIыкIуэ куэд Мэздэгу кIуащ: жылагъуэ лэжьакIуэхэр, Анатолэ и Iыхьлыхэр, и ныбжьэгъухэр, къыдэлэжьахэр. Абыхэм ящыщщ Дунейпсо, Къэбэрдей Адыгэ Хасэхэм я тхьэмадэхэу Сэхъурокъуэ Хьэутийрэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ, КъБР-м къызэрымыкIуэ щытыкIэхэмкIэ и управленэм и унафэщI Шагин Сергей, Республикэм и Жылагъуэ палатэм и Iэтащхьэ Тау Пщыкъан, Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым и унафэщI Иуан Пётр, нэгъуэщIхэри.
Iуэхур къыщыщIадзащ Тыркуиныр къыщалъхуа щIыпIэм, ар щеджа школым. Серноводск къуажэм и курыт еджапIэм и пщIантIэр нып зэмыфэгъухэмкIэ, удз гъэгъахэмкIэ гъэщIэрэщIат. ХьэщIэхэр зрагъэблэгъа пэш хуитышхуэм щызэхаубла гъэлъэгъуэныгъэм къыуигъащIэрт абыхэм я дежкIэ Тыркуин Анатолэ Тимофей и къуэр цIыху лъапIэу зэрыщытар. Блыныр ягъэбжьыфIэрт адыгэлI щыпкъэм и сурэтхэм. Абыхэм къагъэлъагъуэрт мэздэгу щIалэм и гъащIэм и пычыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр. Зэрысабий лъандэрэ Анатолэ псэ къабзэу, акъыл жану, гу хьэлэлу зэрыщытам щыхьэт техъуэ тхыгъэхэр, школым и архивым щахъумахэр, псоми гъэщIэгъуэн ящыхъуат. Пасэу дунейм ехыжа Тыркуин Анатолэ и къуажэгъухэм куэдкIэ сэбэп яхуэхъуу зэрыщытар дэтхэнэ зыми игу къигъэкIыжырт. Псом хуэмыдэу, гуапэу я гум илъщ абы къуажэм газ къазэрыхуишар, и жэрдэмкIэ зыщIадзауэ щыта школыр ухуэныр мыгувэу зэраухынур.
Мэздэгу адыгэхэм я унагъуэ хьэпшыпхэр. — ЦIыхур тIэуней дунейм йохыж: япэу — и псэр щыхэкIкIэ; етIуанэу — абы и фэеплъыр щыужьыхкIэ. Тыркуин Анатолэ псэууэ къытхэту къытщохъу, сыту жыпIэмэ абы и фэеплъыр IупщIу ди гъусэщи, — жиIащ еджакIуэ цIыкIухэм языхэзым. Абдежым псалъэ иратащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий:
— Нобэ дигу къэдгъэкIыж ди ныбжьэгъум и щIыхьым и инагъыр мыбдеж щытлъагъумкIэ пхужыIэнущ. Адрейхэми хуэдэу, сэри срогушхуэ Анатолэ гъунэгъуу зэрысцIыхуам, сызэрыдэлэжьам. Ар цIыхушхуэу щытащ икIи нобэрей щIэблэр абы и щапхъэфIым зэрыщIапIыкIыр ди гуапэщ. Шэч къытесхьэкъым мы ныбжьыщIэ цIыкIухэри я лъахэгъум хуэдэу хэкупсэ зэрыхъунум, — жиIащ абы. — Мы Iуэхум кърихьэлIа псоми къабгъэдэкIыу фIыщIэ ин яхузощI егъэджакIуэхэми, еджакIуэхэми, къуажэдэс псоми, я къуажэгъу лъапIэм и цIэр ящымыгъупщэу, абы и щапхъэр я гъуазэу зэрыпсэумкIэ.
ШколакIуэ цIыкIухэм сэлам ирахыжри, хьэщIэхэм къуажэкхъэмкIэ яунэтIащ. Илъэситху и пэкIэ дунейм ехыжа лIы щыпкъэм и сыным деж къыщызэтеувыIэхэри, удз гъэгъахэр ягъэтIылъащ, я ныбжьэгъур щыму ягу къагъэкIыжащ.
МэшбащIэ Исхьэкъ и псалъэ Iущ. Осетие Ищхъэрэ-Аланием хыхьэ Мэдзэгу къалэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм щекIуэкIыну фэеплъ пшыхьым кърихьэлIахэр залым щIэзт. Тыркуин Анатолэ теухуа блынхэм щызэхуэхьэса сурэтхэр цIыхухэм зэпаплъыхьырт. Абы и цIыкIущхьэм щегъэжьауэ, и гъащIэр къызэрекIуэкIар къэзыгъэлъагъуэ дэтхэнэ сурэтми Тыркуиным и нэгур мамыру, нэфIэгуфIэу, лъагъугъуафIэу щыплъагъурт. Пшыхьыр къызэIуихащ Мэздэгу адыгэхэм я зэгухьэныгъэм и Iэтащхьэ Дербит Валерэ:
— Фэеплъ пшыхьыр зытеухуа Тыркуин Анатолэ и щIыхькIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Осетием, Ставрополь крайм, Шэшэным, Ингушым, Дагъыстэным, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм, Шапсыгъым къикIа хьэщIэ лъапIэхэм фIыщIэ ин яхудощI — нобэ абыхэм гъуэгуанэшхуэ къакIуащ. Анатолэ гъащIэ мащIэ къигъэщIами, лъэужьышхуэ къигъэнащ. Ар хэкупсэу, хэкулI пэжу зэрыщытам, шэч хэмылъу, и гугъу ящIынущ и ныбжьэгъухэми.
Тау Пщыкъан Дербий Валерэ жиIа псалъэхэм я щыхьэту утыкум къихьащ хьэщIэ лъапIэхэу Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, экономикэ щIэныгъэхэм я доктор Сэхъурокъуэ Хьэутий, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, Къэрэшей- Шэрджэсым, Адыгэ Республикэм, тенджыз фIыцIэм и Iуфэм щыпсэу адыгэхэм я хасэхэм я тхьэмадэхэу, ДАХ-м и вице-президентхэу Шэр-джэс Мухьэмэд, Бэгъущэ Iэдэм, КIэкIыхъу Мэжид.
Псалъэ зрата Сэхъурокъуэ Хьэутий жиIащ лъэпкъыр зэрыгушхуэ Тыркуин Анатолэ и щапхъэм щIапIыкI щIэблэр абы хиша лъагъуэм зэрырикIуэнур. Езыр зи тхьэмадэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм и лэжьыгъэр лъэпкъхэм я зэныбжьэгъуныгъэм, мамыр гъащIэм, къэралыр гъэбыдэным хуэгъэзауэ зэрыщытыр Хьэутий къыхигъэщащ.
Адыгейм, КъБР-м, КъШР-м я цIыхубэ тхакIуэ, СССР-м, Урысей Федерацэм я къэрал саугъэтхэм я лауреат МэшбащIэ Исхьэкъ жиIащ и щхьэкIэ Тыркуин Анатолэ ицIыхуу зэрыщымытар, ауэ ар зэрыцIыху хьэлэмэтым зэрыщыгъуазэр. Абы и щIыхькIэ езым итха усэхэм къеджащ.
Вэрокъуэ Владимир я пашэу Тыркуиным теухуауэ ягъэхьэзыра видео теплъэ-гъуэр икъукIэ гукъинэ ящыхъуащ къызэхуэсахэм. Анатолэ дэтхэнэ лэжьыгъэ IэнатIэми и къарурэ и псэрэ хилъхьэу къызэрекIуэкIар абы хэплъагъуэрт.
Апхуэдэу фэеплъ пшыхьым къыщыпсэлъахэщ Ставрополь крайм и Къурей щIыналъэм и администрацэм и унафэщI Калашников Сергей, Мэздэгу къалэм и администрацэм и Iэтащхьэ Токаревэ Людмилэ, Налшык къалэ судым и тхьэмадэ Выборнов Владимир, Осетие Ищхъэрэ-Аланием лъэпкъ зэхущытыкIэхэмкIэ и министрым и къуэдзэ Хатиков Сослъэн, Серноводск къуажэм и нэхъыжьхэм я советым и Iэтащхьэ Мамыкъуэ Дмитрий, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и унафэщI Тау Пщыкъан сымэ.
Къумахуэ Мухьэдин Дэтхэнэ зыри Тыркуин Анатолэ теухуа гукъэкIыжхэмкIэ гуапэу ядэгуэшащ къызэхуэсахэм. Калашников Сергей къыхигъэщащ абы зэфIэкIыныгъэ хьэлэмэт зэрыхэлъар, бюрократизм жыхуаIэм къыпикIухьурэ, лэжьыгъэ Iуэхухэр нэхъ псынщIэу зэрыдигъэкIар. Апхуэдэу, блэкIа лIэщIыгъуэм и 90 гъэхэм, къэралыр щытыкIэ хьэлъэ щиува зэманым, Серноводск къуажэм газ къришалIэфауэ щытащ. «ЗыхуащIэ нэхърэ — зыщIэф», — жыхуаIэращи, Тыркуиным и зэфIэкIыр лъэныкъуэ куэдкIэ жыжьэ нэсырт. Тау Пщыкъан и псалъэхэри щыхьэт техъуащ абы:
— Сэ Анатолэ зэрысщIэжыр икъукIэ хьэл-щэн дахэ, гушыIэ зыхэлъ цIыху хьэлэмэтущ. Ар и унагъуэми, къыдалъхуахэми, и ныбжьэгъухэми пIейтейуэ, гу хьэлэлу яхущытт. Ди лъэпкъым и Iуэхур ефIэкIуэн папщIэ, дэ диIэн хуейщ Тыркуиным хуэдэ цIыху къабзэхэр.
Пшыхьым къекIуэлIахэм зэрыжаIащи, Тыркуин Анатолэ КъБР-м КъызэрымыкIуэ щытыкIэхэмкIэ и министерствэр и пщэ щыдалъхьам, зэман кIэщIкIэ УФ-м и адрей щIыналъэхэм щыIэхэм къакIэрымыхуу сыт и лъэныкъуэкIи къызэригъэпэщат. Анатолэ ирихьэкIа къулыкъухэм уахэплъэжмэ, дэтхэнэми и гуащIэрэ и псэм щыщ Iыхьэрэ къыхинащ. Абы и гъащIэм и нэхъыбэм Налшык щыпсэуами, зыщалъхуа лъахэр зэи щыгъупщакъым. «ЛIыгъэншэр зэрыхъум хуэдэу мэпсэу, цIыху хахуэр зэрыщытын хуейуэ илъытэм ирокIуэ», — жаIэ. Мы псалъэхэр Тыркуин Анатолэ и гъащIэм епхьэлIэ хъунущ. Апхуэдэ гупсысэхэр игъэIуащ илъэс куэдкIэ абы дэлэжьа Шагин Сергей:
Тыркуин Анатолэ щеджа школым Сэхъурокъуэ Хьэутий къыщопсалъэ.
Канунников Анатолэрэ Выборнов Владимиррэ я ныбжьэгъур ягу къагъэкIыж.
Тыркуин Анатолэ и кхъащхьэм.
Шагин Сергей
Хатиков Сослъэн
Тхьэгъэлэдж Светланэ уэрэд жеIэ.
Амирамов Ефрем
Ташло Алий
Мэздэгу пщащэ тхьэIухуд.
«Кабардинка» ансамблыр къофэ.
Тыркуинхэ я унагъуэм къыбгъэдэкIыу Геннадий фIыщIэ псалъэ жеIэ.
Артистхэр зэгъусэу зэ сценэм къохьэж.
— Куэдым дыхуигъэсащ, лъэужь къулей къызэринэкIащ ди ныбжьэгъу пэжу ди нэхъыжьыфIым. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, гъащIэ мащIэт, ауэ, абы и гъащIэм хузэфIэкIам хуэдиз зылэжьыфын Тхьэм дищI!
Тыркуинхэ я унагъуэр, лъэпкъым я нэхъыжьхэр утыкум къихьэри къызэхуэсахэм, зэIущIэр къызэзыгъэпэщахэм фIыщIэ хуащIащ.
Пшыхьыр ягъэдэхащ «Кабардинка» академическэ къэфакIуэ ансамблым, Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и артистхэу Батыр Мухьэдинрэ Ташло алийрэ, КъБР-м и цIыхубэ артист Амирамов Ефрем, КъБР-м щIыхь зиIэ и артистхэу Хьэрэдурэ Динэрэ Тхьэгъэлэдж Светланэрэ, уэрэджыIакIуэхэу Хьэкъул Оксанэрэ Къуэдзокъуэ Алимрэ, «Амикс», «Терцы» гупхэм, Къурей щIыналъэм, Мэздэгу къалэм я артист ныбжьыщIэхэм.
ЩОДЖЭН Iэминат,
«Адыгэ псалъэ» газетым
и корреспондент.
Налшык — Къурей щIыналъэ -Мэздэгу.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "26903.txt"
} |
Сабиигъуэ зимыIахэр
Фашист гъэрыпIэхэм гъэру щаIыгъахэр къыщаутIыпщыжа дунейпсо махуэр Къэбэрдей-Балъкъэрми щагъэлъэпIащ. «Урысей зэкъуэт» политикэ партым и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм илъэс етIуанэ хъуауэ нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм я Iуэхэм иса ди хэ-куэгъухэр щрагъэблагъэ.
ЗэIущIэм кърихьэлIат КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Саенкэ Татьянэ, комитетым и пашэ Жанатаев Сэлим, Ветеранхэм я республикэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Шыхъуэбахъуэ Мухьэмэд, зауэм, лэжьыгъэм, IэщэкIэ зэщIэузэда къарухэм, хабзэхъумэ IуэхущIапIэм я ветеранхэм я Налшык къалэ Советым и Iэтащхьэ Абдулаев Мустэфа сымэ, нэгъуэщIхэри.
Ар къызэIуихащ икIи иригъэкIуэкIащ «Урысей зэкъуэт» партым и щIыналъэ къудамэм и ГъэзэщIакIуэ гупым и унафэщI Канунниковэ Татьянэ.
— Ди жагъуэ зэрыхъунщи, тхыдэм напэкIуэцI шынагъуэ, гур хэзыгъэщI куэд хэтщ — ахэр ди гъащIэм къыгуэхыпIэ имыIэу епхащи, зыщыдгъэгъуэпщэ хъунукъым, — жиIащ абы. — Нэмыцэ концлагерхэм исауэ цIыху 84-рэ ди республикэм щопсэу. Ахэр лIыхъужьыгъэм, хахуагъэм и щапхъэ нэсщ, гъащIэм и гъэунэхупIэхэм кIуэцIрыкIыфащ.
— Дунейм и къэрал куэдым нобэ ягу къыщагъэкIыж нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм зэрахьа леймрэ а зауэм лажьэ ямыIэу хэкIуэда тхьэмыщкIэхэмрэ, — пищащ псалъэмакъым Саенкэ Татьянэ. — Псом хуэмыдэу уигу хэзыгъэщIыр зыри къагурымыIуэу, гъащIэм и IэфIыр зыхэзыщIэну хунэмыса сабийхэм я щхьэ кърикIуарщ. ЦIыху мелуан тIощIым нэблагъэ исащ нэмыцэ концлагерхэм, абыхэм ящыщу куэд дыдэ хэкIуэдащ. Зауэм къиша гузэвэгъуэм и Iэужьхэр ноби зылъагъу дэ, апхуэдэ гузэвэгъуэ къызэрыдмыгъэхъуным яужь дитын хуейщ, — жиIащ Татьянэ.
КъыкIэлъыкIуэу Шыхъуэбахъуэ Мухьэмэд и псалъэхэм къыхигъэщащ апхуэдэ махуэм къэрал къулыкъущIэхэм гулъытэ зэрыхуащIам папщIэ фIыщIэ зэрахуищIыр. Ар нэхъыжьхэм къалэжьа пщIэм, я зэхэщIыкIым, цIыхугъэм и щыхьэту зэрыщытыр. — Сыт хуэдэ гугъуехь флъэгъуами, цIыхуу фыкъэнащ, ар къызэрымыкIуэу гугъущ. Уи псэкIэ бгъэвын дэнэ къэна, тхылъым иту апхуэдэ гузэвэгъуэм укъеджэныр шынагъуэщ. ЗауэфI щыIэкъым, ауэ ар зэрымыфIыр, абы къишэ къулейсызыгъэр, ди щIалэгъуалэми ящIэн хуейщ зыщахъумэн папщIэ. Нобэ жытIэмрэ тщIэмрэ ди пщэдейм и джэрпэджэжщ, — нигъэсащ и псалъэхэр Мухьэмэд.
Республикэм и Ветеранхэм я советым къыбгъэдэкIыу къызэхуэсахэм ехъуэхъуа нэужь, «Урысей зэкъуэт» политикэ партым Iуэху щхьэпэ куэд къиIэту, зэфIигъэкIыу зэрыщытым папщIэ «Ветераным и щIыхь» медалыр Шыхъуэбахъуэм Канунниковэ Татьянэ иритащ.
Абдулаев Мустэфа жиIащ мы зэIущIэм кърагъэблэгъахэр зи цIыкIущхьэр зауэм ирихьэлIа, сабиигъуэ зимыIахэр арауэ зэрыщытыр. Гугъуехьыр зи натIэу илъэс куэдкIэ къекIуэкIахэм тыншыгъуэ яIэу иджыри куэдрэ яхуэпсэуну ар ехъуэхъуащ.
Зи сабиигъуэр зауэ гуащIэм ирихьэлIахэм, гъэру нэмыцэIуэм исахэм псалъэ щратым, пэшым щIэс псори щым хъуат. Абыхэм я гукъэкIыжым нэщхъеягъуэу хэлъыр «хаухуэнщIыкIа» пэтми, нэпсыр къафIекIуэрт. Илъэс куэд лъандэрэ къыздрахьэкI псэ узым, гузэвэгъуэм, апхуэдизу зыщIэхъуэпса текIуэныгъэм я нэпст ар. Зауэмрэ псэхэхымрэ мызэ-мытIэу я нэгу иплъахэм жаIэжын я куэдт.
Абыхэм ящыщ зыт Дроховэ Луизэ игу къигъэкIыжа хъыбарыр.
— Ди насыпщ нобэм дыкъэсауэ допсэури. ГъащIэм и лъэныкъуэ куэд тлъэгъуащ, аращ дызыпсыхьари, къару тхуэхъуари. Дэ тщыщу зыри сабий гъэсапIэм щыIакъым, — жиIащ абы. — ГъащIэм дигъэунэхуурэ, гугъехьым дыпэщIигъэувэурэ дигъэсащ. Сыт хуэдэ Iуэхуми гъэсэныгъэ къыхыбох, дэ тлъэгъуа псоми псэкупсэу, дыкъэзыгъэщIар быдэу ди фIэщI хъууэ, ар ди гум илъу дыкъыхэкIащ. Мылъкум, хьэпшып лъапIэхэм, щIэныгъэ куум а псори къуатынукъым. Ерыщу дыпсэуащ, гъащIэм и IэфIыр махуэ къэс къыдгурыIуэу, абы и дакъикъэ къэс пщIэ хуэтщIу. Дэ тлъэгъуар ямылъагъуу, ауэ дэ зэхэтлъхьа хьэлыфIхэр ди бынхэм, абыхэм я быныжхэм зэхалъхьэну сыхуейт. Илъэс 75-рэ сохъу. Сэ езыр Смоленск сыщыщщ, зауэр къежьэу япэ дыдэу лагъым къыщрадзыхам зытехуар ди унэращ. Си адэшхуэ-анэшхуэр абдеж щыхэкIуадэри, си анэмрэ сэрэ ди закъуэу дыкъэнащ. Нэмыцэхэр къызэрыкIуэу офицерым и щхьэ- гъусэщ жаIэри, си анэр концлагерым ирадзащ. А зэманым ирихьэлIэу сэ илъэсиплI ныбжьым ситу арагъэнт. Дауи, мащIэт сэ къызгурыIуэр, ауэ зэпыу имыIэу сыгъыу зэрыщытар сощIэж. Зэи сигу икIыжынкъым нэмыцэхэмрэ концлагерымрэ. Иджы щыIэхэр куэдым щIэхъуэпскъэ — дэ мащIэ дыдэт дызыхуейр, нэгъуэщI мыхъуми зы жэщ закъуэ Iэуэлъауэншэу дыжеинырт. Концлагерым исхэм щыщу зыгуэр щIэпхъуэжамэ, къэнахэм къапэплъэр шынагъуэт, псори дыкърагъэувэкIырти, епщIанэу щыт дэтхэнэри къыхашурэ и пIэм ираукIыхьырт. Си анэм и Iэпэр быдэу сIыгъыу куэдрэ сыхэтащ а гупым. Си дежкIэ псом нэхърэ нэхъ шынагъуэр абы и Iэпэр сIэщIэкIынырт, ар хашын, скIэрачын гузэвэгъуэрт. Си гъащIэ псокIэ а шынэр къысхэнащ, зэи си анэм сыкIэщIэкIыфакъым. Германием нэсыху дахуа иужь, лэжьэфыну сабийхэмрэ балигъхэмрэ къыхащыпыкIащ. Абдеж си насып кърихьэкIри, нэмыцэ цIыхубз къэкIуащ лIыщIэ къищэхуну, абы ипхъу цIыкIур дэщIыгъут. И адэ-анэм лIыщIэхэр къыхахыху сэ хъыджэбз цIыкIум сыдэджэгуурэ ныбжьэгъу сыхуэхъуащ. Ежьэжыгъуэр къэсауэ хъыджэбз цIыкIур и анэм елъэIуащ сэри сыкъыздащтэну, нэхъ пэжу жысIэнщи, сыкъыхуащэхуну. Си анэм зыкIэрызукIауэ сыщыту сыкъыщалъагъум, цIыхубзым игу къысщIэгъуащ, диныр зи фIэщ хъу, фIэлIыкI зиIэу къыщIэкIащ иужькIэ. А унагъуэм си анэмрэ сэрэ дыщылэжьащ советыдзэр Берлин къэсыху. СщIэркъым, икIи сщIэн хуейуи къыщIэкIынкъым а мафIэ лыгъэм си анэмрэ сэрэ дыкъыщезыгъэламрэ къыддэIэпыкъуамрэ, ауэ шэч хэмылъу ди щхьэщыгум зыгуэр итщ, сыхуейт къыдэкIуэтей щIэблэм ар я фIэщ хъууэ, гъащIэм лъагъуныгъэ хуаIэну.
ГукъэкIыжхэм щIэдэIуа дэтхэнэми шэч хэмылъу и гум щIыхьат а хъыбарыр. АдэкIэ псалъэмакъым къыпищэу Канунниковэ Татьянэ жиIащ «Урысей зэкъуэт» политикэ партым къызэригъэпэщауэ Iуэху щхьэпэ зэрырагъэкIуэкIыр. Абы ипкъ иткIэ, зауэм хэтахэм я нэкIэ ялъэгъуамрэ я гъащIэм и «сурэтымрэ» ятхыжынущ, зэхуахьэсыжынущ.
ЗэIущIэм кърихьэлIа нэхъыжьхэм адэкIэ «Урысей зэкъуэт» политикэ партым и щIыналъэ къудамэм къыбгъэдэкIыу удз гъэгъарэ тыгъэрэ хуащIащ. Саугъэтхэр абдежым щаухакъым. ЗэфIэкI зиIэ щIалэгъуалэхэу Аренгольд Сабинэ, Къатинэ Елдар, Уянаевэ Маринэ, ХьэIупэ Къантемыр сымэ я макъ дахэхэмкIэ ягъэзэщIа уэрэдхэмкIэ нэхъыжьхэр ягъэгуфIащ.
ЗэIущIэм кърихьэлIахэр зыкъомрэ зэбгрыкIыжакъым. Дауи, абыхэм жаIэжын я куэдт.
Щомахуэ Залинэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "26926.txt"
} |
Къанокъуэ Арсен:«НэгъуэщI къэралхэм щыщ инвесторхэми яхудэтчыхынущ»
Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм щылэжьэным инвесторхэр тегъэгушхуэнымкIэ зэфIагъэкIхэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен щытепсэлъыхьащ «World Economic Journal» журналым ирита интервьюм.
— КъБР-м и экономикэм сыт хуэдэ и IэнатIэхэр инвесторхэм нэхъ я плъапIэ икIи абы и щхьэусыгъуэр сыт?
— 2013 гъэм нэсыху Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм зэрызиужьыну стратегием, дэ зэрыщыдубзыхуамкIэ, республикэм и экономикэр тэмэму зэтегъэувэнымкIэ нэхъ мыхьэнэшхуэ яIэнущ туризмэмрэ абы пыщIа IэнатIэхэмрэ зегъэужьыным, мэкъумэшхэкIхэр къехьэлIэным къыщымынэу, абыхэм ерыскъыпхъэхэр къыхэщIыкIыным, иджырей технологие пэрытхэр ухуэныгъэм ирахьэлIэ материалхэр къыщIэгъэкIыным къыщыгъэсэбэпыным, электрокъарур къэлэжьыным. ДгъэзэщIа, апхуэдэу иджыпсту дызэлэжь проектхэм уахэплъэжми, уолъагъу инвесторхэм а IэнатIэхэм ахъшэ нэхъыбэ халъхьэну зэрыхьэзырыр.
Ди деж лэжьыгъэшхуэ щокIуэкI турист-рекреацэ экономикэ щIыналъэ хэхар къызэгъэпэщыным хуэунэтIауэ. Агропромышленнэ комплексым щагъэзащIэ проект нэхъыщхьэхэм ящыщщ теплицэ лъэщхэр къызэгъэпэщыныр, иджырей технологиехэр зи лъабжьэ жыг хадэхэр хэсэныр. Зэрэгъыж ГЭС-р ухуэным пащэ.
— Республикэм нэгъуэщI къэрал ахъшэхэр дауэ къызэщIигъэуIуэну и мурад? Абы и лъэныкъуэкIэ сыт хуэдэ гугъуехьхэр щыIэ?
— КъызэрысщыхъумкIэ, инвесторхэр нэгъэсауэ щыгъуазэкъым ди щIыналъэм щыпхузэфIэгъэкIынухэм. Абы къыхэкIыу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и официальнэ лIыкIуэхэр гъэ къэс хэтщ дунейпсо гъэлъэгъуэныгъэ, жармыкIэ зэмылIэужьыгъуэхэм икIи абыхэм утыку къыщралъхьэ щIыналъэм и дежкIэ нэхъ мыхьэнэшхуэ зиIэ инвестицэ проектхэр.
Хабзэ хъуауэ, дэ ди зэфIэкIхэр щыдогъэлъагъуэ Санкт-Петербург, Сочэ къалэхэм къыщызэрагъэпэщ дунейпсо инвестицэ зэхыхьэшхуэхэм, Берлин къалэм щекIуэкI «ЩхъуантIагъэм и тхьэмахуэ» дунейпсо мэкъумэш выставкэм, Франджым щыщ Канны къалэм коммерцэ мылъкум и дунейпсо гъэлъэгъуэныгъэу (MIPIM) къыщызэрагъэпэщым. А зэхыхьэшхуэхэм дэ ди къэралым и адрей щIыналъэхэми, нэгъуэщI къэралхэм щыщ организацэхэми я лэжьэкIэм щыгъуазэ зыщыхудощI, апхуэдэу ди щIыпIэм щагъэзащIэ инвестицэ проектхэм хэлэжьыхьыфыну цIыхухэм дащыхуозэ.
Ди къэралым и мызакъуэу, нэгъуэщI къэралхэм щыщ инвесторхэми тэмэму дадэлэжьэн папщIэ дэ законодательствэм зэпымыууэ зэхъуэкIыныгъэхэр хыдолъхьэ республикэм щыIэ инвестицэ щытыкIэр хуэунэтIауэ. Хэхауэ жысIэну сыхуейщ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм инвестицэ проектхэр щызыгъэзащIэ урысей инвесторхэми, нэгъуэщI къэралхэм щыщ инвесторхэми я Iуэхур зэрыдэкIынум дэ сыт щыгъуи гулъытэ хэха зэрыхуэтщIыр.
— Кавказ Ищхъэрэм инвесторхэр тэмэму щылэжьэнымкIэ сыт хуэдэ шэсыпIэхэр щыIэ?
— Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и инвестицэ декларацэм ипкъ иткIэ, дэ абыхэм папщIэ шэсыпIэ пыухыкIахэр догъэув. Апхуэдэщ инвестицэ лэжьыгъэм хэтынымкIэ псоми зэхуэдэ хуитыныгъэхэр къахузэгъэпэщыныр, проектхэм зэIухауэ тепсэлъыхьыныр, республикэм и къэрал властым и гъэзэщIакIуэ органхэмрэ щIыпIэ унафэр зезыгъакIуэ IэнатIэхэмрэ, абыхэм къулыкъу щызыIыгъ цIыхухэм я унафэхэм, IуэхущIафэхэм (е зыхуэфащэ лэжьыгъэхэр зэрызэфIамыгъэкIым) теухуауэ судым щытхьэусыхэжыну дэтхэнэми хуитыныгъэ иIэныр, экономикэм къыхалъхьа мылъкур хъума хъуныр, щIыналъэм хухах налогхэмкIэ яхудэчыхыныр. НэгъуэщI къэралхэм щыщ инвесторхэм апхуэдэу хуитыныгъэхэр къахузыдогъэпэщ езыхэм ейуэ мылъку, IэнатIэм щыщ Iыхьэ, акцэхэр, къинэмыщI тхылъымпIэ лъапIэхэр къащэхунымкIэ, приватизацэм хэтынымкIэ, щIы Iыхьэхэр, щIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэр, унэхэр, ухуэныгъэхэр, къинэмыщI ямыгъэIэпхъуэ мылъку зрагъэбыдылIэну.
Урысей Федерацэм и Правительствэм и унафэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и щIыналъэм инвестицэ проектхэр гъэзэщIэным щелэжь инвесторхэм Урысей Федерацэм и къэрал шэсыпIэхэр ират. Апхуэдэ дэIэпыкъуныгъэм ипкъ иткIэ, инвесторым кредит къыщыIихым и деж а ахъшэм и процент 70-м нэблагъэмкIэ къэралыр шэсыпIэу мэув. Апхуэдэ къэрал шэсыпIэр КъБР-м щылажьэ инвесторхэм ящыщу япэ дыдэу иратащ «Севкаврентген-Д» ООО-м. Мы IуэхущIапIэм илъэс куэд лъандэрэ рентген Iэмэпсымэхэр къыщIегъэкI икIи иджыпсту зэлэжь инвестицэ проектыр хуэунэтIащ абыхэм я бжыгъэмрэ фIагъымрэ хэгъэхъуэным.
— Инвестицэ проектхэм ящыщу нобэм ирихьэлIэу фейдэ къызыпэкIуэу хуежьахэр щыIэ?
— ЩIыналъэм инвестицэ проект лъэщу зыбжанэ щагъэзащIэ. Къапщтэмэ, Бахъсэн районым къыщызэрагъэпэщ щIым хэмыту помидор щагъэкIыну теплицэу гектар 20 хъур. Абы хиубыдэу лэжьапIэ IэнатIэщIэу 300 къызэрагъэпэщащ икIи ар цIыхухэм хуабжьу сэбэп яхуэхъуащ. «Капитал-Инвест» компаниер йолэжь гипсокартон, ухуэныгъэм къыщагъэсэбэп гипс, чырбыш къыщIэзыгъэкIыну IуэхущIапIэхэр зэтегъэувэным. Иджыблагъэ абы еплъащ икIи хуабжьу щытхъуащ Урысей Федерацэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ — Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэ Хлопонин Александр. Псом япэу полномочнэ лIыкIуэм къыхигъэщхьэхукIащ а IэнатIэхэм энергиер зэгъэзэхуэным хуэунэтIа иджырей технологиехэр къызэрыщагъэсэбэпыр икIи абыхэм я фIыгъэкIэ энергием и процент 30 — 40-р къызэрыдагъахуэр.
— Инвестицэ проект нэхъ инхэр тэмэму гъэзэщIа хъумэ, КъБР-м сыт хуэдэ политикэ, экономикэ Iуэхухэр нэхъ щыдэкIыну?
— Республикэм и щIыналъэм нэхъ мыхьэнэшхуэ зиIэ проектхэр щыдгъэзащIэмэ, абыхэм щIыналъэм и социально-экономикэ зыужьыныгъэр щIагъэхуэбжьэнущ. Псалъэм папщIэ, лэжьапIэ IэнатIэщIэхэр къызэрызэдгъэпэщынум и фIыщIэкIэ, щIыналъэм лэжьапIэншэхэм я бжыгъэм щыкIэрыхунущ. А проектхэм бюджетым и IэнатIэ псоми къаIэрыхьа налогхэр нэхъыбэ ящIынущ икIи Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и экономикэр дотацэхэм зэрелъытар къагъэтIэсхъэнущ.
Республикэм дэ щыдгъэзэщIэну ди мурад проект нэхъ ин дыдэхэм ящыщщ экономикэ щIыналъэ хэхауэ тIу — промышленностым и продукцэ къыщIэзыгъэкIрэ турист-рекреацэ IэнатIэм пыщIарэ — къызэгъэпэщыныр. «PLANA» агроиндустриальнэ парк» экономикэ щIыналъэ хэхам хиубыдэу къызэIуахын хуейщ полимерхэр щIынымкIэ, мэкъумэш IэнатIэмкIэ кластерхэм хиубыдэ IэнатIэу 18. Я лъэщагъ псомкIи лажьэу хуежьа нэужь, абыхэм бюджетым и IэнатIэ псоми налог ахъшэу сом меларди 10-м щIигъу халъхьэфынущ. Абыхэм лэжьапIэ IэнатIэщIэу 10700-рэ яIэнущ.
«Эльбрус — Безенги» турист-рекреацэ экономикэ щIыналъэ хэхар Iыхьищу гуэшауэ икIи муниципальнэ району 4-м хиубыдэу щытынущ. Курортым псори зэхэту махуэ къэс цIыху мин 35-м зыщагъэпсэхуфынущ. Абыхэм кIапсэрыкIуэ гъуэгуу 70-м нэблагъэ, лыжэкIэ къыщажыхь гъуэгуу километр 300-м щIигъу щыIэнущ.
— Инвестицэ проектхэр гъэзэщIэныр фи щIыналъэм щыIэ политикэ щытыкIэм зыгуэркIэ елъытауэ къыфщыхъурэ?
— Шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным зэи утеплъэкъукI хъунукъым, ауэ, зэрыщыту къапщтэмэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэ щытыкIэр зэпIэзэрытщ. Пэжщ, шынагъуэншагъэ къызэгъэпэщыныр дуней псом и гугъуехьхэм ящыщ зыщ, апхуэдэу щыщыткIэ, сызэреплъымкIэ, бизнесри абы есэжу хуежьащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым зэпымыууэ зиужьу йокIуэкI икIи апхуэдэ зыужьыныгъэм и хэкIыпIэхэм ящыщщ инвестицэ лэжьыгъэри жыджэру зэрызэтеувар. Iуэху зэмылIэужьыгъуэ щхьэхуэхэмкIэ дэ ди гъунэгъухэм япэ дитщ, промышленнэ IэнатIэр къапщтэмэ, абыкIэ къытпэхъун яхэткъым. Инвесторхэм апхуэдэ ехъулIэныгъэхэр ямылъагъуу къанэркъым икIи абы къыхэкIкIэ къызэрыддэлажьэм зрагъэубгъуну хущIокъу. Сэ къызэрыслъытэмкIэ, лъэныкъуитIми я фейдэ хэлъу зэдэлэжьэным зиубгъу зэпытщ.
Сокольниковэ Ольгэ,
2013 гъэм и мэлыжьыхь мазэм къыдэкIа World Economic Journal
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "26929.txt"
} |
ЦIыкIухэр ягъэгушхуэ
Сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ творчествэмкIэ я республикэ унэу Налшык къалэ дэтым мэлыжьыхьым и 14-м щекIуэкIащ Сирием къикIыжу хэкум къэIэпхъуэжахэм я щIэблэ 40-м сурэт щIынымкIэ я IэдакъэщIэкIхэр щагъэлъагъуэ-къыщащэху зэхыхьэ. Абы кърихьэлIащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, Мэзкуу щыIэ «Синдикэ» фирмэм и унафэщI Сэхъу Мухьэмэд, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд сымэ.
ПсапащIэ гъэлъэгъуэныгъэм и къалэн нэхъыщхьэу щытар хэкурысхэм къыдбгъэдэкIыу, хамэ къэрал къиIэпхъукIыжа ди лъэпкъэгъухэм иджыри зэ гулъытэ хэха яхуэщIынымрэ езы къэIэпхъуэжа цIыкIухэр гъэгушхуэнымрэщ.
Зэман зыбжанэ хъуауэ сурэтыщI ныбжьыщIэхэм ядолажьэ нэхъ пасэу адэжь хэкум къэIэпхъуэжа сурэтыщI икIи егъэджакIуэ Iэпыш Бибарс, гъэсакIуэхэу Щокъарэ Дианэ, Елей Миланэ сымэ, нэгъуэщIхэри. Мы егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэр сабийхэм къахузэгъэпэщынымкIэ сэбэпышхуэ хъуащ «Пэрыт» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ СтIащ Ахьмэд. Зи гугъу тщIы щагъэлъагъуэ-къыщащэху зэхыхьэр егъэкIуэкIынымкIэ жэрдэмыр зейр Ащхъуэт Ланэрэ Ержыб Мадинэрэщ.
— Iуэхур къыщедгъажьэм гупсысэ нэхъыщхьэу диIар зи хэкужь къихьэж сабийхэр къыздагъэзэж щIыналъэм нэхъ щIэх хэгъэзэгъэжын зэрыхуейр арат, — жеIэ Ащхъуэтым. — ДызыщыгуфIыкI хъунухэм ящыщ зыуэ къызолъытэ цIыкIухэм ящIа сурэтхэм зауэ теплъэ зиIэ зыри зэрахэмытыр. IэдакъэщIэкIхэм нэхъыбэу къуршхэр, псыхэр, мэзхэр, къэзыухъуреихь дунейм и дахагъэрщ къахэщыр. Ар зи сурэт тлъагъу сабийхэм я гур иудауэ зэрыщымытым и нэщэнэщ.
Зэхыхьэм кърихьэлIащ «Нартхэм я хъугъуэфIыгъуэ» артпроектым и унафэщI ТIажь Борис.
— Сабийхэм лъэпкъ IуэрыIуатэми зэрыхащIыкIым гу лъыботэ, — жиIащ абы. — Ди мурадщ сурэт нэхъыфIхэм ящыщ зыбжанэ мэлыжьыхьым и 18-м едгъэкIуэкIыну «Нартиадэ» фестивалым хэдгъэхьэну.
Мы махуэм гъэлъэгъуэныгъэм къекIуэлIа цIыкIухэмрэ хьэщIэхэмрэ уэрэд, къафэ щIэщыгъуэхэмкIэ я нэгу зрагъэужьащ Сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ я творчествэмкIэ республикэ унэм щызэхэт гупхэм.
Гъэлъэгъуэныгъэм ахъшэ сом мин 62-рэ щызэхуахьэсащ. Ащхъуэт Ланэ зэрыжиIамкIэ, ар зи сурэт ягъэлъэгъуа сабий псоми трагуэшэнущ икIи зым хуэзэу сом 1700-рэ иратынущ.
КЪУМАХУЭ Аслъэн.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "26933.txt"
} |
ЩIыхь зыпылъ гъуэгуанэ
Тыркуин Анатолэ Тимофей и къуэм и фэеплъ пшыхь
Тыркуин Анатолэ Тимофей и къуэр Ставрополь крайм хыхьэ Къурей (Курской) щIыналъэм щыщ Азэней къуажэм 1944 гъэм шыщхьэIум и 12-м къыщалъхуащ. Иналхьэблэ дэт илъэсибл школым, Графскэ къутырым и курыт еджапIэм щеджащ. Налшык политехникэ техникумыр, КъБКъУ-р къиухащ. Зы илъэскIэ прорабу лэжьащ, иужькIэ Совет Армэм къулыкъу щищIащ, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и инженер-техникэ факультетым и лаборант нэхъыжьу щытащ.
1970 — 1986 гъэхэм Тыркуиныр Налшык кооператив-ухуакIуэ техникумым и унафэщIым и къуэдзэу, псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и управленэм и инженер нэхъыщхьэу, «Къэббалъкъгъуэгуремухуэныгъэ» трестым и управленэм и унафэщIу лэжьащ.
1986 гъэм къыщыщIэдзауэ 1993 гъэ пщIондэ Тыркуин Анатолэ щытащ КПСС-м и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым ухуэныгъэмкIэ къудамэм и унафэщIу, Министрхэм я Советым и УнафэщIым и къуэдзэу. А зэманым Тыркуиным и нэIэм щIэту яухуащ щIы хъеиным пэщIэтыфыну псэупIэ унэхэр, нэгъуэщI IуэхущIапIэхэр.
1991 гъэм къиухащ КПСС-м и ЦК-м епхауэ лажьэ Жылагъуэ щIэныгъэхэм я академиер. 1993 гъэм къыщыщIэдзауэ илъэси 4-кIэ щытащ «Каббалкконтракт» РКК-м и правленэм и пашэу. 1997 гъэм Тыркуиныр ягъэуващ республикэм Граждан зыхъумэжыныгъэмрэ (ГО) щытыкIэ къызэрымыкIуэхэмкIэ (ЧС) и Къэрал комитетым и унафэщIу, министру. А къулыкъум зэрыпэрыта лъэхъэнэм къриубыдэу абы Къэбэрдей-Балъкъэрым, Ипщэ федеральнэ щIыналъэм хыхьэ нэгъуэщI щIыпIэхэм лэжьыгъэшхуэ щригъэкIуэкIащ цIыхухэр къызэрымыкIуэ щытыкIэхэм, мафIэсхэм щыхъумэным ехьэлIауэ.
2004 гъэм и мэлыжьыхьым къыщыщIэдзауэ Тыркуин Анатолэ щытащ УФ-м и МЧС-м и Ипщэ щIыналъэ центрым и унафэщIым и къуэдзэу.
И псэ хьэлэл лэжьыгъэфIым папщIэ Тыркуин Анатолэ къыхуагъэфэщащ къэрал дамыгъэхэр, щIыхь, фIыщIэ тхылъ куэд. 1981 гъэм абы къратащ «ЩIыхьым и Дамыгъэ» орденыр, къыфIащащ «УФ-м щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр. Ар техникэ щIэныгъэхэм я кандидатщ (1985 гъэ).
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "26935.txt"
} |
Жыг 300-м щIигъу
Республикэм щыпащэ жылагъуэхэр гъэкъэбзэным щхъуантIагъэхэр щыгъэтIысыным, гъэщIэрэщIэным егъэщIылIа мазитI лэжьыгъэм.
Республикэм и къабзагъэ-щIыуэпс щытыкIэр егъэфIэкIуэнымкIэ лэжьыпхъэхэр КъБР-м и Правительствэм и унафэкIэ щIагъэбыдащ. Абыхэм япкъ иткIэ 2013 гъэм мэлыжьыхьым и 20-м республикэпсо щэбэт щIыхьэху зэхагъэхьэнущ. А махуэм псори зэхэту жыг 300-м щIигъу хасэну я мурадщ.
МЫЩОКЪУЭ Динэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "26938.txt"
} |
Нобэ
Данием щыпсэухэм я гуфIэгъуэщ — я пащтыхь гуащэр къыщалъхуа махуэщ.
Шэшэн Республикэм щагъэлъапIэ Мамырыгъэм и махуэр. ШР-м и президентым къыдигъэкIа унафэм ипкъ иткIэ, 2010 гъэм къыщыщIэдзауэ ягъэлъапIэ.
1905 гъэм Урысейм и япэ профсоюзыр — печатым и лэжьакIуэхэм ейр — къэунэхуащ.
1920 гъэм цIыхубэ милицэм и Налшык управленэр къызэрагъэпэщащ.
1934 гъэм Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэ лъапIэр ягъэуващ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, уэшх тIэкIу къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градуси 7 — 9, жэщым градуси 4 — 7 щыхъунущ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "26940.txt"
} |
Зи IэщIагъэм хуэIэижь Сэралъп Тимур
Дэтхэнэ зы цIыхум дежкIи нэхъыщхьэр узыншагъэрщ. Абы уигъэгулэзмэ, зыри уиIэкъым, уи пащхьэ дыщэ самэ илъми, уеплъыфынукъым. АтIэ фIыгъуэу хуэмыфащэ щыIэ уи узыр пщхьэщызых, узыншагъэр зэфIэзыгъэувэж, уи нэр зыгъэплъэж дохутырым?! Апхуэдэм къилэжь фIыщIэмрэ пщIэмрэ гъунапкъэншэщ.
Нобэ къалэмыр къэсщтащ, «Адыгэ псалъэ» газетыр къэзгъэсэбэпкIэрэ, Мер Хьэчим и унагъуэм, и шыпхъухэм, и благъэхэм къабгъэдэкI псалъэ гуапэхэр дызыгъэпIетей Iуэхур тщхьэщызыха, гъащIэм ди гур, ди псэр зэIухауэ дыхэзыгъэплъэжа, Май район сымаджэщым и хирургие къудамэм и унафэщI, дохутыр Iэзэ Сэралъп Тимур Хъанбий и къуэм хужысIэн пап-щIэ.
ИпэжыпIэкIэ Тимур дэтлъэгъуащ и IэщIагъэм зэрыхуэIэзэр, цIыхугъэшхуэ зэрыхэлъыр. Инуи тхужымыIэу, цIыкIууи тхуэмыIуатэу ди дэлъху закъуэ Хьэчим псэхугъуэ къримыту къеныкъуэкъурт аденомэ узыфэ угъурсызыр. Дэри абы дригумэщIырт. Операцэм езыри дэри дытегушхуэртэкъым. ХущхъуэкIэ дыпэлъэщмэ, нэхъ тфIэкъабылт. АрщхьэкIэ, абыи зыри къикIакъым. Iэмал зимыIэ операцэ къытпэщылъу УЗИ-м къыщигъэлъагъуэм, кIыхьлIыхь имыщIу си дэлъхур Сэралъпым деж кIуащ, «къысхуэпщI си унафэщ», жери. Ар абы и гум къыдыхьат, илъэсищ и пэкIэ къеIэзати. «Сэ а дохутырыр сэбэп къызэрысхуэхъунур си фIэщ мэхъу, дзыхь хузощI, къабыл сощIри, си Iуэхури Тхьэм жиIэмэ, тэмэму зэфIэкIынщ», — жиIащ сымаджэщым щыкIуэм. Щымыуауи къыщIэкIащ. Зэ щIыгъуэкIэ и операцэри зэфIэкIри, дызыщыщтэ псори къызэринэкIащ. Сэралъпым и Iэпэ угъурлыхэр махуэ тхуэхъуащ икIи зыми пэдмыщI ди дэлъху закъуэм и узыншагъэр зэфIэувэжауэ и унагъуэм къахыхьэжащ. Дэ дызэригъэгуфIэжам и фIыгъуэ куэд къекIыу, узыншэу, гукъеуэншэу, бэIутIэIуншэу Тимур псэуну Тхьэм жиIэ!
Зи гугъу тщIы щIалэр дохутыр Iэзэм и закъуэкъым, ар икIи унафэщI гъуэзэджэщ. УмыгъэщIэгъуэн плъэкIынукъым ар зи пашэ гупым я зэхэтыкIэ дахэр — зэгъэкъуауэ, зэрыжаIэщи, зым Iэпыхур адрейм къищтэжу, зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу зэдолажьэ. Дэтхэнэ зы лэжьакIуэри и къалэным гурэ псэкIэ бгъэдэтщ, я хэщIапIэр къабзэщ, нэхущ. Апхуэдэ зэхэтыкIэ, IуэхузехьэкIэ дахэр, дауи, зи фIыщIэр унафэ-щIырщ. Гупыр абы къыхуэарэзыщ, пщIэ къыхуащI, фIэлIыкI иIэщ. «Хьэл-щэн дахэ, нэмыс, хабзэ зыхэлъ цIыху щыпкъэщ ди унафэщIыр», — жаIэ и лэ- жьэгъухэм.Сэралъп Тимур Шэрэдж Ищхъэрэ къуажэм щыщщ. И ныбжькIэ щIалэми, зэрыжытIащи, зи IэщIагъэм хуэIэижь дохутыр нэсщ. И адэр пасэу дунейм ехыжри, бынхэр я анэ Рае зэщIипIащ, гъэсэныгъэ екIу яхилъхьащ, иригъэджащ. Ноби анэр яхуэпсэущи, куэдрэ Тхьэм ящхьэщигъэт.
Тимур ерыщу, гугъу ехьми, ипэкIэ зэрыкIуэтэным хуэпабгъэу еджа щIалэщ. Ар ящыщкъым щIэныгъэрэ дипломрэ мылъкукIэ зэзыгъэгъуэтахэм, аращ ар IэщIагъэлI нэс щIэхъуари. Абдеж къыщыувыIакъым Сэралъпыр, абы къиухащ КъБКъУ-м нэмыцэбзэмкIэ и къудамэри. Езым зэрыжиIэщи, щIэныгъэ лей щыIэкъым, нэхъыбэ пщIэху нэхъыфIщ. Ар мызэ-мытIэу Москва лэжьакIуэ ирагъэблэгъащ, ауэ зэкIэ и лъахэм исыжмэ, цIыхухэм и сэбэп екIмэ нэхъ къещтэ. И къуа- жэгъухэр апхуэдэ адыгэ щIалэ нэсым дрогушхуэ, и IуэхущIафэ дахэм дыщогуфIыкI. И унагъуэкIи дахэу, щIэблэ узыншэ къыщIэхъуэу мэпсэу Тимури, нэхъри Тхьэм иригъэфIакIуэ.
Си псалъэм и кIэухыу Сэралъп Тимури и унагъуэми мыпхуэдэ хъуэхъукIэ захудогъазэ:
Фи унагъуэр зэгурыIуэу,
Зым Iэпыхур зым къищтэжу,
Гукъыдэжыр къывдэушу,
Узыншагъэр, лъагъуныгъэр,
Берычэтыр фи унэм илъу,
Фи лъэр жану, фи фэр дахэу,
Гуныкъуэгъуэм фыпэIэщIэу,
Фи жьэгу пащхьэр хьэщIэфI
кIуапIэу,
Нэмысым, хабзэм я зекIуапIэу,
КъакIуэр фIыкIэ къыфхуеблагъэу,
Благъэр, Iыхьлыр фхуэузыншэу,
Фипхъухэр яшэу, фи къуэхэм
къашэу,
Фи гуфIэгъуэм кIэ имыIэу,
ФиIэр IэфIу зэдэфшхыжу,
Зауэ-банэ фымылъагъуу,
ФIылъагъупIэу фыкъалъытэу,
ЦIыху гулъытэм фыщымыщIэу,
НасыпыфIэу илъэс куэдкIэ Тхьэм
фигъэпсэу!
ШэджыхьэщIэ Ленэ.
Нарткъалэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "26944.txt"
} |
Абхъаз сурэтыщIхэр къытхуоблагъэ
Налшык дэт Лъэпкъ музейм мэлыжьыхьым и 18-м сыхьэт 15-м къыщызэIуахынущ Абхъаз Республикэм и сурэтыщIхэм я гъэлъэгъуэныгъэ.
Абы утыку къыщрахьэнущ скульптор, Щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ дунейпсо академием и член-корреспондент, Гулиа Дмитрий и цIэкIэ щыIэ саугъэтым и лауреат Джение Виталий, сурэтыщI, график, Гулиа Дмитрий и цIэр зезыхьэ саугъэтым и лауреат, Адыгейм щIыхь зиIэ и сурэтыщI Джапуа БетIал, гъукIэ Iэзэ, Iэщэ зыщI IэпщIэлъапщIэхэм я Урысей зэгухьэныгъэм хэт Дидзарие Темур, график, Сыхъум къалэм и сурэтыщI нэхъыщхьэ Кайтан Темур, художник-керамист, Гулиа Дмитрий и цIэр зезыхьэ саугъэтым и лауреат Хурхумал Валентинэ, сурэтыщI, Сыхъум дэт художественнэ училищэм и егъэджакIуэ Цвижбэ Виссарион сымэ.
Ягъэлъэгъуэнухэм хэтщ живопись, скульптурэ, графикэ лэжьыгъэ гъэщIэгъуэнхэр, декоративно-прикладной гъуазджэм и IэдакъэщIэкIхэр.
ГЪУКIАКЪУЭ Идар.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "26947.txt"
} |
Медаль зэмылIэужьыгъуэхэр къахь
1997 — 1998 гъэхэм къалъхуа ныбжьыщIэхэм Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм самбэмкIэ пашэныгъэ къыщыхьынымкIэ я зэхьэзэхуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсмен 40 хэтащ.
«Налшык» спорт комплексым щекIуэкIа зэпеуэр я хьэлъагъ елъытауэ гупибгъуу гуэшауэ щытащ, псори зэхэту спортсмени 160-рэ къызэщIиубыдэу. КъБР-м и спортсменхэм къаIэрыхьащ дыщэ медали 2, дыжьыну 1, жэз медалитI.
Дыщэ медалхэр къахьащ Шэру Муртазрэ (кг 55-рэ) КъуэщIысокъуэ Муратрэ (кг 50). Дыжьыныр Шыгъушэ Ислъам (кг 84-рэ) Iэрыхьащ, жэзыр Темрокъуэ Азэмэтрэ (кг 46-рэ) ЩоджэнцIыкIу Сослъэнрэ ялъысащ. НыбжьыщIэхэр я гъэсэнщ Гъэунэ Анзор, ПшынащIэ Башир, Уэщхъун Мурат, Хъупэ Жантемыр сымэ.
Зэхьэзэхуэм япэ увыпIэ къыщызыхьахэм накъыгъэм и 8-м Санкт-Петербург щекIуэкIыну «ТекIуэныгъэ» дунейпсо турнирым хэтыну Iэмал ягъуэтащ. Япэ увыпIищыр зылъысахэм я зэфIэкI щагъэлъэгъуэнущ мы гъэм и бжьыхьэм Пермь щызэхэтыну Урысей зэхьэзэхуэм.
Зэпеуэм и къызэгъэпэщакIуэхэм — КъБР-м Спортымрэ туризмэмкIэ и министерствэм, республикэм самбэмкIэ и федерацэм — къыхэжаныкIа спортсменхэм медалхэмрэ щIыхь тхылъхэмрэ иратащ.
Гъэунэ Светланэ,
КъБР-м Спортымрэ туризмэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "26950.txt"
} |
Адыгэ пшыхьхэр — Израилым
— Хэкужьым щыпсэу адыгэхэм щахузэфIэкIакIэ, дэ щIытхуэмыщIынур сыт апхуэдэ пшыхьхэр? — илъэс зыбжанэ и пэкIэ апхуэдэу жиIат тенджыз ФIыцIэм и Iуфэм Iус адыгэхэм гъэ къэс къахыхьэж, Кфар-Камэ къалэм щыпсэу Нэпсо Къадри. Апхуэдэу къежьащ шапсыгъ пшыхьхэм хуэдэ Израилым и Кфар-Камэ, Рихьэние адыгэ къуажэхэм щызэхаублэныр.
Зэхыхьэхэр дахэу йокIуэкI.
Шууей щIалэхэм жылэм уащыIуощIэ.
Кфар-Камэ уезыгъэблагъэ пхъэбгъур къуажэ дыхьэпIэм щытщ.
Этнографие музейр.
Зэрыхуейм хуэдэуи занщIэу яхуэщIакъым, хэкужьым зэрыщекIуэкI дыдэм ещхьуи утыку къипхьэ хъунутэкъым. Къэлъытэн хуейт адыгэхэр зыхэс лъэпкъхэм я гупсысэкIэри я динри. Абы къыхэкIыу нэхъ зытрагъэщIар цIыху куэд къызэрырашэлIэныркъым, атIэ тхыдэ-щэнхабзэ Iуэхурщ. Адыгэу миниплIым щIигъу щыпсэу Кфар-Камэрэ Рихьэниерэ иджы зыплъыхьакIуэхэм я кIуапIэщ, ар IуэхуфIым и щIэдзапIэ къудейщ.
Илъэсибл и пэкIэ Кфар-Камэ ЩэнхабзэмкIэ центр къыщызэIуахащ, ар Щхьэлахъуэхэ я унэ къуажэм щыцIэрыIуэм щолажьэ. Илъэсищэм щIигъу зи ныбжь ухуэныгъэр къагъэщIэрэщIэжащ. Абы хэтщ адыгэ мухьэжырхэм илъэс куэдкIэ зэхуахьэса хьэпшып гъэщIэгъуэнхэр зыщIэлъ этнографие музейри. КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен илъэс зыбжанэ и пэкIэ езым и мылъкум къыхэкIыу хэлъхьэныгъэ хуищIауэ щытащ Центрыр къызэгъэпэщыным.
ЩIыпIэ дахэхэмрэ кавказ щэнхабзэмрэ дахьэх зыплъыхьакIуэхэм Кфар-Камэм щаIутIыжщ. Абыхэм яфIэгъэщIэгъуэну къыщакIухь тхыдэм и пычыгъуэ ин къэзыгъэлъагъуэ, 19 лIэщIыгъуэм и 70 гъэхэм япэ адыгэ мухьэжырхэр щетIысэхауэ щыта уэрамхэм. МыпIащIэу, цIыхухэм еуэршэрылIэурэ (бзэ и лъэныкъуэкIэ гугъуехь лъэпкъ щыIэкъым, къуажэхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ивритри хьэрыпыбзэри фIы дыдэу ящIэ) хьэблэ къабзэлъабзэ цIыкIухэм зыщаплъыхь. Апхуэдэ гукъыдэж зыщIхэм шууэ, е шыгум ису, адыгэ уэрэдыжьхэм щIэдэIуу къакIухьынуи Iэмал яIэщ.
Щэнхабзэ центрым и гъунэгъу бэзэр цIыкIум хьэщIэхэм къыщащэху адыгэ лъэпкъым и дамыгъэхэр зытет хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэр. Апхуэдэуи лэкъум, адыгей кхъуей, IэфIыкIэ зэхуэмыдэхэр зыIуагъэхуэфынущ, къэуат зыщIэлъ шхын хуейхэм папщIэ кафе, ресторан цIыкIухэри гъунэгъуу щытщ.
Турист зекIуэхэм яфIэгъэщIэгъуэнхэм ящыщщ щIыпIэм и «Ди псэ» къэфакIуэ гупым и тхьэмадэмрэ артистхэмрэ ирагъэкIуэкI шоу-программэр. Пшыхьым и утыкум хьэщIэхэри къохьэ, лезгинкэ къэфэкIэм и щэхухэм егугъуу зыщагъэгъуазэ.
Сочэ щекIуэкI адыгэ пшыхьхэм иджыри зыкIэ къыщхьэщокI Израилым щызэхашэхэр — сыт ищIыси шагъыр щызекIуэркъым. Ухуеипэми, Кфар-Ками Рихьэнии щыбгъуэтынукъым пивэ къудей щащэ зы тыкуэн. Ар зыкIи зэран хуэхъуркъым хэгъэрейхэми хьэщIэхэми я гукъыдэжым. ЕтIуанэуи ещанэуи къытрагъазэ адыгэхэм я зэхэтыкIэ дахэр зылъэгъуахэм. Я благъэхэм, ныбжьэгъухэм, цIыхугъэхэм хуаIуэтэжурэ гупышхуэхэу къызэрохь, зэрынэрылъагъущи, апхуэдэ рекламэр нэхъыфIщ.
НЫБЭ Анзор.
Сочэ — Кфар-Камэ — Сочэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "26952.txt"
} |
«Купсэм» и купщIэр
Усэныр IэщIагъэу къалъытэркъым, абы хурагъаджэркъым, усакIуэр езыр къоунэху… Адыгэ усакIуэ Аброкъуэ Беллэ и IэдакъэщIэкIхэм удимыхьэхынкIэ Iэмал имыIэу адыгэбзэ къабзэкIэ, дахэкIэ тхащ, гуапагъэкIэ, мамырыгъэкIэ, цIыхугъэкIэ ахэр гъэнщIащ. Беллэ икIи радиожурналистщ икIи зэдзэкIакIуэ Iэзэщ. Мы зэманым ар дихьэхауэ йолэжь таурыхъхэр зэдзэкIыным. Апхуэдэу, Къалмыкъ Юрэ и цIэр зезыхьэ Адыгэ щэнхабзэ фондым дэлажьэкIэрэ, Беллэ къыдигъэкIащ мультфильмхэр адыгэбзэкIэ зэридзэкIауэ зытет дискхэр. Апхуэдэщ «Спирит: Душа прерий», «Рапунцель: запутанная история», «Ледниковый период-3» лэжьыгъэхэр. ЦIыхухэр зыщыгуфIыкIа лэжьыгъэщ Аброкъуэм радиом щигъэхьэзыра «ПсысэфI дыдэхэр» аудиопроектри.
Аброкъуэ Беллэ библиотекэм и лэжьакIуэхэмрэ и ныбжьэгъухэмрэ ящIыгъуу.
Иджыблагъэ Аброкъуэ Беллэ и творческэ пшыхь щекIуэкIащ Налшык и централизованнэ библиотекэм. УсакIуэм IущIэну, и псалъэ зэхахыну, и IэдакъэщIэкIхэм тепсэлъыхьыну еблэгъат Беллэ и ныбжьэгъухэр, и лэжьэгъухэр, и творчествэм дихьэххэр. 31-нэ курыт еджапIэмрэ 14-нэ гимназиемрэ щIэсхэр усакIуэм и IэдакъэщIэкIхэм къеджащ, ахэр къазэрыщыхъур жаIащ, я упщIэхэмкIэ Беллэ зыхуагъэзащ. НыбжьыщIэхэм яфIэхьэлэмэтт хьэл-щэнхэм ящыщу дэтхэнэр абы нэхъ игъэлъапIэми, гъащIэм зэран къыщыхуэхъуу хьэл гуэр хэлъми, зэрыпагэ сыт хуэдэ ехъулIэныгъэхэр иIэми, гъуазэ, щапхъэ хуэхъухэри, гъащIэм щигъэнэхъыщхьэр сытми, нэгъуэщI куэди.
— «Дунейм щыщыIэ жэнэтыр тхылъыфIымрэ напэ къабзэмрэщ», — жиIащ Шекспир Уильям. Абы и гупсысэхэм пысщэнщи, дуней жэнэтщ, псалъэм папщIэ, цIыхухэм ягу фIы зэхуилърэ зэщыгуфIыкIмэ, зэхуэпсэлъэж къыхэмыкIыу, гуапэу зэхущытмэ. Нобэ хуабжьу дыхуэныкъуэщ апхуэдэ зэхэтыкIэм. Уузыншэу нэху укъекIрэ, дыгъэ къыкъуэкIам ущыгуфIыкIмэ — ари насыпщ, — жиIащ Беллэ. — ЦIыхум нэхъ згъэлъапIэу хэлъ хьэл-щэныр пэжыгъэрщ. Зигу хьэрэмагъ къыпхуимылъым сытри хуэбгъэгъуфынущ. Сэ сыкъапщтэмэ, нэхъыщхьэ дыдэу цIыху гъащIэр зэтезыIыгъэ къарууэ щыIэр анэ гущIэрауэ къызолъытэ. Анэм и гурыщIэ къабзэм пэплъытын щыIэкъым. Сыхуейт мы дунейм мыхъумыщIагъэу хэлъыр хэткIукIыу, лъагъуныгъэр псом я гущIыIу къэхъуну.
ЛIызам Лидэ, «Амра» лъэпкъ фондым и унафэщI: «ФIыщIэ фхуэфащэщ мыпхуэдэ Iуэхугъуэ дахэ къызэзыгъэпэщахэми Беллэ пщIэ хуэзыщIу и усыгъэ пшыхьым къекIуэлIахэми. ЗэрыфщIэщи, Беллэ цIыху гуащIафэщ, абы и IэдакъэщIэкIхэм нэхугъэ гуэр къапкърокI — ар сэ зыхэсщIащ абы и усэ зыбжанэ фIэкI сыкъыщемыджами. Иужьрей зэманым псори дигъэгузавэ хъуащ ди бзэм и щытыкIэм, абы пщIэ зэримыIэжым. Къыхэзгъэщынут Беллэ и «Купсэ» тхылъым хуэдэм лъэпкъыр зэрыхуэныкъуэр. Бзэм и IэфIагъыр, и кууагъыр, и дахагъэр зыхозыгъащIэщ ар».
Езауэ Мадинэ, КъБКъУ-м ЦIыпIынэ Аслъэн и цIэр зезыхьэ и Адыгэ щэнхабзэ центрым и унафэщI: «Беллэ и ныбжьэгъухэм сызэрыщыщым сропагэ. Илъэс 20-м щIигъуауэ дызэроцIыху дэ. Япэ курсым дыщыщIэсми къыддеджэхэм гу лъатауэ щытащ абы усакIуэ нэс къызэрыхэкIынум… УсакIуэр дунейм нэгъуэщIынэкIэ йоплъ, ар зыгъэусакIуэжри арауэ къыщIэкIынщ. Абыхэм дэ дымылъагъу куэдым гу лъатэ, тхужымыIэ гурыщIэ Iэджэ я псэм къыщоуш, ахэр тхылъымпIэм трагъэзэгъэф. Пэжщ, иужькIэ апхуэдэ усэхэм дыкъыщеджэкIэ догупсыс: «Пэжкъэ абы жиIар, си гум илъ дыдэр аратэкъэ?!» Беллэ и «Купсэм» ит усэхэр фIы защIэщ. Апхуэдэуи абы илъагъухэр, зыхищIэхэр къызэриIуатэ щIыкIэр сфIэгъэщIэгъуэнщ: «Уафэ нащхъуэр магъ, и ткIуэпсхэр зэрогъэгужьей…», е «Уджэраджэу джэгур лъэгум щIолъэтыкI», «Лъагъуныгъэ къуза, лъагъуныгъэ плъыза, лъагъуныгъэ гъащIэншэу си гъащIэм хэпщIа». Беллэ и псалъэхэмкIэ къыбдиIыгъ хуэдэщ уи гуауэри уи гуфIэгъуэри. Псори къызэщIэскъуэжрэ Аброкъуэм и творчествэр зы псалъэкIэ къэзгъэлъэгъуэну яужь сихьэмэ, «нэху» жысIэнущ, аращ абы и усыгъэм узэреджэфынур.
Хьэвжокъуэ Людмилэ, Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал институтым и лэжьакIуэ, филологие щIэныгъэхэм я кандидат, усакIуэ: «Купсэм» щызэхэухуэнащ мифологие, шыпсэ, таурыхъ, нэгъуэщIхэми ехьэлIа гупсысэ хьэлэмэтхэр. Зы щапхъэ: мазэр цIыхубзу, дыгъэр цIыхухъуу къегъэлъагъуэ усакIуэм. НтIэ, «адыгэбзэр» цIыхубзу пIэрэ, бзылъхугъэм и бзэу, анэр сабийм зэреубзэну бзэуэ пIэрэ? Аброкъуэ Беллэ и «Купсэ» тхылъыр «бзэрабзэу» зэхэлъщ. Усэхэм сыщеджэм, сыкъыщышынэ щыIэт, усакIуэр бзэрабзэурэ мыхьэнэр IэщIэмыхуарэт жысIэу, языныкъуэхэм деж и бзэм сыдихьэхыIуэу, абы щышэщIа гупсысэм сыкъытришу.
Беллэ и IэдакъэщIэкIхэм къахэзгъэщынут «Адыгэбзэм и гъыбзэ» усэр. Ар темэ и лъэныкъуэкIи щIэщыгъуэу къызолъытэ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, тхыдэр, адыгэм и блэкIа гуузыр, лъэпкъым и къэкIуэнур, абы и зэхэщIыкIыр — мыхэрщ усакIуэ цIыхубзыр нэхъыщхьэу зытепсэлъыхьыр. Лъэпкъым и тхыдэр зы усэ сатыркIэ къыпхуэIуэтэныр ехъулIэныгъэкъэ?! «Ахыным Iыхыныр и натIэщ», — жеIэ Аброкъуэм. Усыгъэр къызыдалъхуам къалэмыр игъэтIылъынкIэ Iэмал иIэкъым. Беллэ апхуэдэщи, си гуапэщ псэуху усэну, зи гугъу тщIы тхылъым хуэдэ куэд абы дигъэлъагъуну си гугъэщи, фIым хуэусэным ящыщ Тхьэм ищI.
Хьэщхъуэжь Заретэ, КъБКъУ-м адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмкIэ и къудамэм и лэжьакIуэ: «Беллэ и усыгъэри и прозэри сфIэфIщ, си псэм дохьэ, ар си гум къопсэлъыкI. Ди щIыналъэ дахэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщыхъу сыт хуэдэ Iуэхуми игъэпIейтей цIыхубзыр и лъахэм гукIи псэкIи бгъэдэтщ, ар ефIэкIуэн папщIэ и зэфIэкIи еблэжыркъым. Дыщогугъ Беллэ иджыри и IэдакъэщIэкI купщIафIэ куэдкIэ дигъэгуфIэну».
Табыщ Мурат, Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал институтым IуэрыIуатэмкIэ и секторым и лэжьакIуэ: «Мы дунейм теткъым бзэкIэ къыпхуэмыIуэтэнрэ пхуэмылэжьынрэ. Псалъэр хущхъуэщ. Адыгэр дызэгурыIуэ-дызэдэIуэжу, укIытэрэ пщIэрэ ди зэхуаку дэлъу дызэбгъэдэтмэ, тхуэмыщIэн щыIэкъым. Псалъэр псалъэ къудейуэ къэмынэжу, ар гупсэм, купсэм хэлъу щытмэ, итIанэщ бзэм и IэфIыр щызыхэпщIэнур. Апхуэдэ гупсысэхэм сыхуашэ Аброкъуэм и «Купсэ» тхылъым ит усэхэм. Адыгэбзэр лъэщщ, абы ирипсалъэ лъэпкъри лъэпкъыу къэнэжынущ, дэтхэнэми и Iуэху дахэ абы ирихьэлIэмэ. Беллэ и тхылъым псыпэр иришэжьащ, адыгэбзэр нэхъ бей хъунымкIэ и къару хилъхьащи, ар зы псышхуэу едвгъэшажьэ».
Мэзло Элинэ, дохутыр: «Ижь-ижьыж лъандэрэ ди адэжь-анэжьхэм сабийр адыгэ псысэхэм, хъыбархэм, таурыхъхэм щIапIыкIыу, фIым и телъхьэу къагъэхъуу къэгъуэгурыкIуащ лъэпкъыр. Апхуэдэ дыдэу нобэ къэдгъэсэбэп хъунущ усэхэр. Сабийр щыцIыкIу дыдэм къыщыщIэдзауэ усэхэм щIэбгъэдэIумэ, абы и дуней еплъыкIэри нэгъуэщIу щытынущ, и гупсысэри узэщIа хъунущ. Мы Iуэхугъуэм медицинэми тегъэщIапIэ гуэрхэр щиIэщ. Дохутырхэм, психологхэм къалъытэ сабий сымаджэхэм уэрэдкIэ, усэкIэ, нэгъуэщI IэмалхэмкIи уеIэзэфыну. Беллэ и тхылъым ит усэ куэдым апхуэдэ къару яхэлъу си гугъэщ. Аброкъуэм и «Купсэм» нэхъыщхьэу хэслъагъуэр анэгущ, анэпсэщ. ГъащIэр зэтезыIыгъэ анэхэм я гум илъыр къайхъулIэну, бынхэм ахэр ягъэлъэпIэфыну Тхьэм жиIэ».
Багъ Марьям, Налшык къалэ дэт 14-нэ гимназием адыгэбзэр щезыгъэдж: «Аброкъуэ Беллэ и тхылъым се-джа нэужь, гуапэу зэхэзещхъуэн сищIащ. Абы и псалъэхэр зыр адрейм дожьу, сатырхэм макъамэ ящIэтым хуэдэщ. Усэхэм щIагъыбзэ зыщIэлъ псалъэхэр я куэдщ, философие гупсысэ ящIэлъщ. Зил, зигу адыгэ лъэпкъым папщIэ уз дэтхэнэми зи гугъу сщIыр и гум къимыIукIынкIэ Iэмал иIэкъым. Ди щIалэгъуалэм я псалъэр хуиту къагъэсэбэпыфу, лъэпкъ литературэр утыку кърахьэфу, адыгэ хабзэм тету къэхъунымкIэ Беллэ и тхылъыр и щапхъэфIщ».
Мыз Ахьмэд, радиожурналист: «Беллэ фIы дыдэу соцIыху, дызэдолажьэ. Ар зэрытхэм, и бзэр зэрыдахэм теухуауи куэд схужыIэнущ. Литературэр хокIуэдэж жызыIэ щыIэщ. Сэ мыбы арэзы сытехъуэфынукъым. Аброкъуэ Беллэ, Къармэ Iэсият, Хьэвжокъуэ Людмилэ, Жамбэч Рабия… Зи къалэмыр жану нобэ адыгэбзэм хуэзыгъэлажьэхэм я цIэ зыкъом иджыри къыпхуебжэкIынущ. Беллэ и усэхэм я гугъу щысщIкIэ, къыхэзмыгъэщын слъэкIыркъым ахэр зытхам зэчиишхуэ зэрыбгъэдэлъыр, и бзэр зэрыхьэлэмэтыр».
Гъубжокъуэ Ритэ, Налшык къалэ дэт гимназие №29-м и библиотекэм и лэжьакIуэ: «Узыгъэгупсысэ защIэщ Аброкъуэ Беллэ и IэдакъэщIэкIхэр. Ауэ щIэбджыкIыу пхуэгъэтIылъыжын тхылъкъым абы и «Купсэр». Тхылъыр куэдым топсэлъыхь, абы гъащIэм и купщIэр къыщыгъэлъэгъуащ. Беллэ и усэхэм уеджэрэ гупсэхугъуэ уагъэгъуэту щытщи, сохъуэхъу усакIуэм къигъэIу макъ жьгъырум, щIэщыгъуэм хуэфащэ пщIэ лъысыну».
Шыкъ Гупсэ, «Маржэ» уней IуэхущIапIэм и къызэгъэпэщакIуэ: «Беллэ зэрысцIыхурэ куэд мыщIами, ар зэрыслъагъур лъэпкъ гупсысэкIэ зиIэ цIыхуфIущ, лъэпкъым ипхъу анэ гумащIэущ. ДяпэкIи Тхьэм иригъэфIакIуэ».
БАГЪЭТЫР Луизэ.
Сурэтыр МЭЗЛО Элинэ трихащ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "26961.txt"
} |
Кавказ, уи къуршхэм сыщыпсэуатэм!
ЕгъэджакIуэ, усакIуэ, журналист, къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ… Къущхьэ Надим и IэщIагъэ къэс дуней щIэщыгъуэу къызэIуокI. ГъащIэм и къуэпс зэхуэмыдэхэр зыгъэунэхуа тхьэмадэр а къэралым мы зэманым щекIуэкI зауэр къэхъеин и пэкIэ Сирием и Чэнджэщэгъу Хасэм и унафэщIу лажьэрт. И Iэзагъри, и Iуэху еплъыкIэ узыншэри, и хьэлэлагъри, и гущабагъри къыздихьри, Надим и унагъуэр и гъусэу Хэкум къэIэпхъуэжащ мазэ и пэкIэ. Нобэ ар «Адыгэ псалъэм» ди хьэщIэщ.
Iэпэм седзакъэу, хьэлъэ къысщохъу
ГъэпцIагъэ Iуэхум хэсха бэлыхьхэр.
Ныбжьу си гъусэщ сэ си гукъеуэр,
Дуней фIыцIагъэр къиин Iей къысщохъу.
Духыну пIэрэт мы ди гъащIэ жэщыр?
Тлъагъуну пIэрэт зэгуэрым дыгъэр?
СызыIуплъэ нэкIухэм гуауэр къаIуатэ,
ГуIэм къыхаш я псалъэмакъыр.
Кавказ лъапIэу си гур зэгуапэ!
Уэрщ си Iэзэгъуэри, сэ сыныпхуолIэ!
Уэрщ анэ дахэу дунейм щызиIэр,
Сэ сыпщIэхъуэпсу мафIэр къысщIонэ!
Тэрчым и псыхъуэшхуэм и макъыр къоIу,
Си гум и гъыбзэр си бгъэм къовыкI.
Iуащхьэмахуэ тету
ди Саусырыкъуэшхуэр
«ФыкъэкIуэж!» — жиIэу дэри къыдоджэ.
Ей, здэнут сэ нэщIу схьатэм си гъащIэр!
Здэнут згъэщIатэм гъащIэу къэнахэр,
Си псэм зигъэнщIу псэуныгъэ IэфIхэр,
Кавказ, уи къуршхэм сыщыпсэуатэм!
Кавказ, уи къуршхэм сыщыпсэуатэм!
Къущхьэ Надим КАВКАЗ зауэм я щIыпIэм ирихуахэм языхэзщ Абейкъуажэ (Урожайнэм) щыпсэуа Къущхьэ Мухьэмэтмырзэ и уна-гъуэр. ЩIалищыр — Аслъэн, Хьэмид, Хьид — зыщIигъуу япэ щIыкIэ Тырку Анадолэм Iэпхъуа унагъуэм етIуанэу зиIэтри, 1897 гъэм Джоланым хыхьэ Хъышние къуажэм щытIысащ. Абы къыщыхъуащ псалъапэ тхуэхъуа сатырхэр зи анэдэлъхубзэ къулейм къыIэпыхуа Къущхьэ Надим. Сыт ар Хэкум къэзышэжар? Сирием къыщыхъея хьэлэбэлыкъра? Нэхъ пасэу къиутIыпщыжу Хэкум изэгъэжа и щIалэхэра? Хьэмэрэ тхьэлъэIум хузэрахьа гукъабзагъыр зыщIэмыкI и усэбзэра? Сыт имыщхьэусыгъуэми, дэри ди насып кърихьэкIащ а лIы махуэр ди жылэм щыщ хъуныр, нобэрей IуэхукIэ и хъыбархэм езым и псалъалъэ купщIафIэмкIэ дедэIуэныр.
Дезэшащ…
— Адыгэм и щхьэ кърикIуа мы зауэ къомым дигъэгумэщIурэ екIуэкIащ сыт щыгъуи. Зауэр фIыуэ тлъагъужыркъым. Дезэшащ.
Сирием ис адыгэм зауэр нэхъ лейуэ къытехьэлъащ. Нэхъапэм Япэрей дуней зауэшхуэм хэтахэщ. КъыкIэлъыкIуэу ЕтIуанэрей дуней зауэшхуэм тIощIитIрэ плIы гъэм нэс щызэуащ. ИтIанэ тIощIитIрэ хы гъэм Палестинэ зауэр къыщыхъейм, Джоланым ис ди къуэшхэр зы адыгэ дзэшхуэу ираджэри, ахэращ зауэм и гуащIэгъуэм Iутар. Джоланым щыщ къуажэ пщыкIущ-пщыкIуплIым хьэдэхэр къахьыж-щIалъхьэжу зауэ гуащIэ екIуэкIащ. 1967 гъэм, ещхьыркъабзэу, адыгэ къуажэхэр къызэтракъутэри, Iэпхъуэн хуей хъуахэщ.
Иджы нобэ мы къекIуэкIыр зауэшхуэщ. Хьэлэбэлыкъышхуэ мэхъу. Зауэр щIыпIэ гуэрым, хэгъуэгу щхьэхуэм щекIуэкIрэ бийр IупщIу плъагъуу уезауэмэ, абдежым лIыхъужьыгъэ къэбгъэлъэгъуну ухэтщ. Адыгэр апхуэдэ IуэхукIэ игъащIэми хуэмыхуакъым, дэтхэнэ бийми къимыкIуэту пэщIэтыфащ. Зэрыс хэгъуэгум и щIыхькIэ, «Сэ мыбы сыкъыщыхъуащи, си псэр къурмэн хуэсщIынущ», — жаIэу хахуэу зэуахэри ди мащIэкъым. Ауэ иджыпсту мы екIуэкIым лIыгъэ къыщыбгъэлъэгъуэну Iэмал щыIэкъым. Зауэм ухыхьэнущи, узэзэуэнур хэт? Къозэуэнури хэт? Езы къэрал кIуэцIым щокIуэкI псори.
Мы илъэс тIощIитI блэкIам адыгэр мамыру дисащ Сирием. Зы дзэ къытлъэIэсакъым. ФIыуэ дыкъалъагъурт мы зэман дызэрытми нэхъ япэкIи. Адыгэр лэжьакIуэщ, захуэщ, гу хьэлэлу ядопсэу. Арати, Сирием дызэрихьэрэ хьэрыпхэм зы махуэ закъуи ягу къыдэбгъакъым. Мы зауэр къызэрежьэри абыхэм ягу къыщIыдэбгъэн длэжьакъым, щIыпIэ гуэр зиддзэуи дакъыпэщIэувакъым. ЗыщIидмыдзар зы щхьэусыгъуэщ: хьэрыпхэр дэри ди къуэшщ. Ахэр зэзэуэну дыхуейкъым. Мы зауэр къызэрагъэхъеяри ди гуапэкъым, къезыхьэжьахэми дахуэарэзыкъым. ЦIыхухэр мыпхуэдэу кIуэдыпIэ ихуэну, уIэгъэ хъуну, пхъэрыну, куэшыну. Гугъуехьышхуэ, гугъуехьышхуэ щыхэтщ нобэ цIыхухэр Сирием. Зауэр увыIэну, зэпсалъэу акъылэгъу зэдэхъуну, мамырыгъэ щыIэну дыхуейщ.
ЛъэныкъуитIым я кум удешытIыхь
Ди щхьэр къэтщтэнщи, «мобы деуэнщ», «мыбы Iэщэр тедубыдэнщ» жытIэу апхуэдэ гупсысэ Сирием ис адыгэхэм диIэкъым. Захуагъэр акъылэгъу узэдэхъунращ. Узэхуэзэу, хэгъуэгу щIыбым щыIэ къэралышхуэхэм я Iуэху къыпхэмылъу узэпсэлъэну. Хьэрып къэралу а «демократие» жызыIэхэм япэ щIыкIэ езыхэм я деж щрыращI демократие, итIанэ Сирием къреIэбэхэ. Зым и жыIи емыдаIуэу, Сирие цIыхухэр езыхэр зэгурыреIуэ. Хамэ хэгъуэгухэм къраша зауэлIхэр ирырекIыж, езы хэгъуэгум исхэр псори зэхурыреси, губзыгъэу зрепсалъэ. «Мы хэгъуэгур мэкIуэд, къэралыр зэхокъутэ, мыпхуэдизыр псыхэкIуадэ мэхъу» жаIэу акъылэгъу зэдэхъун хуейщ. Я гупсысэхэр зэрахьэлIэу, дахэу гъащIэр зэрызэдагъэщIэным, Сириер ямыгуэшу, фэбжьрэ лажьэрэ къатемыхъуэу мамырыгъэкIэ зэрызэдэпсэуным елIэлIэн хуейхэщ. Апхуэдэущ дызэрыгупсысэр Сирием ис адыгэхэр.
Зы гупыр дзэм хэтщ, ар я IэщIагъэщи, мызэуэну хуиткъым: къэрал къулыкъу зыхьыр тетым и гъусэщ. Модрейхэми: «ФыкъакIуэ, дэ Iэщэ фэттынущ», — жаIэ. Адыгэр а зэпэщIэтыныгъэм хашэну дыхуейкъым. Ди тхьэмыщкIапIэ драмыгъэсыжу, зауэм дыхалъэфэнкIэ дошынэ. Апхуэдэуи мэхъу, халъафэ. Псалъэм щхьэкIэ, Барикъэ, Бирхьэджэм, МарджсулътIан дыхьа зауэлIхэмрэ къэралым и дзэмрэ зозауэ. Топышэмрэ автоматышэхэмрэ хэт зытехуэр? Ди сабийхэм, ди бзылъхугъэхэм, ди нэхъыжьхэм, ди щIалэхэм — уIэгъэ мэхъу, я унэхэр якъутэ. Аращи, жылагъуэхэм къыдэмыкIыу хъуркъым, мэIэпхъуэ. ЛъэныкъуитIым я кум удешытIыхь.
Нэрыбгэ тIощIитI хыхьэу Сирием щыдиIэщ дыщызэчэнджэщ Хасэ. Дызэхуэсри дытепсэлъыхьащ Iуэхум. Унафэу тщIар мыращ. Iэщэ къатщтэу зауэзэрылIым дыхилъэфэну дыхуейкъым, армырами адыгэм зауэ-банэм и гур ириудащ. Дызыхуейр мамырыгъэрэ цIыхугъэрэщ. Iуэхум зыхедгъэлъафэ хъунукъым, зэрытлъэкIкIэ адыгэр тхъумапхъэщ. ЗылъэкIынум зауэм зыхримыгъэубыдэу щIыпIэм ирырекI. ЗылъэмыкIынум Iэщэ къатщтэу мыбы сригъусэт, мобы сыдэщIыгъут жытIэу дымыщхьэрыуэу, ди пIэ дивгъэс, мы лъэмыж гугъум тэмэму дивгъэкI. Дзэм хэтым и Iуэхур Iэмалыншэщ — къалэныр имыгъэзащIэу хъунукъым, уи лэжьыгъэщи узэуэнущ. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, къэралым пэщIэтхэм яхэзэрыхьаи щыIэщ.
Адыгэхэр здэIэпхъуэр дэнэ?
Иджы мы зэман дызэрытым адыгэм я IэпхъуэкIэр сыт зыхуэдэр? Барикъэ, Бирхьэджэм, МарджсулътIан, Хьомс хуэдэхэм дэсу лъэныкъуитI мафIэм дэкIуадэхэр Дамаск къэIэпхъуащ. Дамаск дэсу а иужьрей илъэс тIощIитIым къызэтеувэжауэ жыхуэтIахэми удын къызытехуа яхэтщ.
Сэ сыщыпсэуа Къудсиер къэсщтэнщи, Тхьэр арэзы къахухъу, унэ лей зиIэ адыгэ щIалэхэм IэмалыншагъэкIэ къыщIэпхъуа псоми иратащ. Хасэми лъэкIын къигъэнакъым. Мохэр къыдэзышыжын гуп зэрагъэуIущ, ахъшэхэр къау-гъуейри, я шхыни, я хьэпшыпи лъагъэIэсащ, дахэу я пIэ ирагъэзэгъахэщ. Адыгэ хасэхэмрэ щIалэхэмрэ зэдэIэпыкъужурэ зыщIагъэкъуащ лей зытехьа цIыхухэм. Уи щхьэр щапхъэу сыт щыгъуи уогъуэтыж — сызыщытхъужу аракъым, ауэ унищ сиIэт си щIалэм ейри хэтуи, абыхэм щIэлъыр зэрыщIэлъу Барикъэрэ Бирхьэджэмрэ къыдэкIахэм ястащ: «Зауэр увыIэу фи Iуэху зэтеувэжыху фыщыпсэу», — жысIэри. Си закъуэкъым апхуэдэу зыщIар. Алыхьым и фIыщIэщ апхуэдэ гукъэкI ищIу адыгэр къызэрызэтенар, Сирием исхэм ялъэкI къагъэнакъым зыр адрейм дэIэпыкъун папщIэ.
Иорданием, Европэм е нэхъ жыжьи кIуэфынухэм, благъэ е мылъку гъэтIылъа зиIэхэм, яхэтщ апхуэдэ Iэмалхэр къэзыгъэсэбэпахэри. Иордание Хасэри хъарзынэу къапегъуэкIащ, Тхьэр арэзы къахухъу. Иорданием ис адыгэхэми фIыщIэшхуэ яхудощI.
Тыркум адыгэ хасэу щыIэхэм къакIуэр къедгъэблэгъэнущ жаIэу унафэ къащта нэужь, абы зы гуп кIуащ. Кхъухьым итIысхьэхэр ахъшэншэу нагъэсу Iуэхур дахэу зэтраублащ тыркум щыпсэу ди къуэшхэми. Нэсахэр къуажэхэм трагуэшащ. Иджы нэхъыбэж фыкъакIуэ жеIэри Тырку къэралым ешэ, шатырхэр ягъэувауэ.
Хэкум зэкIэ къэкIуар нэрыбгэ щитху-щих хуэдиз мэхъу. Ахэр зыгъэпсэхупIэхэм щIагъэтIысхьэри, зыхуей хуагъэзащ, иджыри ялъэкIымкIэ ядоIэпыкъу, Тхьэр арэзы къахухъу.
Гугъур сыт жыпIэмэ, кхъухьлъатэм, тхылъ гъэхьэзырыным ахъшэшхуэ токIуадэ. ЩIапIэ, машинэ, унэ зиIэхэм ящэфыркъым. Сабий зыплIытху уи гъусэу укъэкIуэн щыхъукIэ, мыбы укъэсын щхьэкIэ, Сирие ахъшэу мелуан ныкъуэ тохуэ. Дауи, укъэса нэужь, уи Хэкум и IэплIэ хуабэм зыкъыбодзэри, гугъуехьри нэхъ гъэкIуэгъуафIэщ. ЗанщIэу уэ узэрыхуейуэ Iуэхур хъурэ? ЦIыхур зы къуажэ, е зы унэ къыщIэкIыу нэгъуэщI унэ щIэтIысхьэмэ, гугъу йохь. Аращи, гугъуехь тIэкIу ялъагъуми, ар зыми щыщкъым, мы Хэкум исым гуапагъэу къыхуащIэмрэ дахэ дыдэу къазэрыпегъуэкIамрэ елъытауэ. Гу хуабагъэу ядэтлъэгъуаращ ди гум илъыр. Ди Iыхьлыхэщ, ди лъэпкъщ, мыр ди адэжь Хэкущи, дропагэ. ЗыгъэпсэхупIэхэм къыщIэкIыу унэ зратаи, къэзыщэхуфаи яхэтхэщ.
Хэкур абы ис цIыхухэращ
Мазибл и пэкIэ си къуэр къэзгъэкIуащ, и щхьэгъусэр и гъусэу, цIыкIуищ яIэщ. ЗыгъэпсэхупIэм щIэсурэ Анзор и цIэу щIалэ гуэр къэкIуащ жи. «Уи шынэхъыщIэр си ныбжьэгъуащ, мыбы ущIэсыну си гум идэркъым. Си шыпхъум унэ лей иIэщи, абы фыщыпсэунщ», — жиIэри къыщIишащ. НэхъыщIэр Налшык щеджат. Бзэм хуеджа нэужь, дизайнымкIэ колледжыр къиухри, Сирием нэкIуэжащ, иужькIэ Сауд Хьэрыпым кIуауэ илъэс зыхыбл хъуауэ абы щолажьэ. Иджы нэхъыжьми лэжьыгъэ къыхуагъуэтащ, кIуэ, и IэщIагъэкъым зэрылажьэр, ауэ нобэ мыр си Iуэхут мыр си Iуэхутэкъым жыпIэну апхуэдэ зэманкъым — ерыскъыщ, уепэгэкI хъунукъым. Уи сабий ппIыжу уи Хэку уисыжыну хуеймэ, Iумпэм умыщIу дэтхэнэ IэщIагъэми урилэжьапхъэщ.
И Iуэхур щызэтеувэм, фэри фыкъакIуэ жиIэри и анэм дэрэ дыкъишащ.
КъэкIуэжахэм я унэцIэхэр «Адыгэ псалъэм» къытрадзауи тщIакъым. Абы къраджыкIри, Къущхьэхэ ящыщ къэпсэлъащ, ди телефон номерыр къагъуэтри. Тхьэр арэзы къахухъу. КъакIуэхэри: «Уэ удикъуэшщ, укъызэрыкIуэжам дыщогуфIыкI. Нобэ гузэвэгъуэм укъыхэкIащи, дыбдэIэпыкъуну дыхуейт, сыт нэхъ ухуэныкъуэ?» — жаIащ. Си гур къилъэтыкIащ, зеиншэ къабзэу сызэрыщымытыр зыхэсщIащ. Лъэпкъ сиIэщ, абы сыкъыхыхьэжащ, жысIэри сыгуфIащ. «Тхьэр арэзы къыфхухъу, — яжесIащ. — Зэхэсхар къызэрысщымыхъуа щыIэкъым. Урысыбзэ иджыри зэзгъэщIакъыми, мы си тхылъ зезгъэкIуэнухэмкIэ щIэгъэкъуэн фыкъысхуэхъутэм, си гуапэт», — щыжысIэм: «Ар Iуэху сытми», — жаIащ. Зы щIалэрэ зы машинэрэ махуэ къэс къагъакIуэм, си щхьэгъусэмрэ сэрэ драгъэтIысхьэм ОВИР-м дашэурэ, иджыри къэс шылъэгум хуэдэу хуэму кIуа ди тхылъ Iуэхум пкIэн щIидзэри, къытIэрыхьапхъэр махуэ зыбжанэм къыдатыжащ.
КъищынэмыщIауэ, мо хьэуа зэблэхъуным къыхэкIауэ, си щхьэгъусэр къызэрыкIуэрэ псчэрт. Мыр мыхъун Iуэхущ, жаIэри сымаджэщым зыпащIэри, дохутыр къыхуагъуэтащ, абы яшэри дахэу къеплъхэщ, хущхъуэхэри къратри, иджы тэмэму зиужьыжащ. Узыншагъэм япэ зы дзэ щыIэкъым жаIэркъэ.
Абы и ужькIэ лъэпкъым и нэхъыжьыр щысу срагъэблагъэри: «Иджы унэ уэдгъэлъагъунущ, — жаIащ. — Налшыки щыдиIэщ, Нартани щыдиIэщ». Къущхьэ Ахьмэд жаIэу Нартан ди къуэш гуэр дэсти, унэ хъарзынэ дигъэлъэгъуащ. «Мыбы си адэрэ си анэрэ щIэсащ, дунейм ехыжахэщи, фи Iуэху зэтеувэху фыщIэс», — жиIэри а унэр къыдитащ, щIэлъри щIэтри и гъусэу. Абы сэрэ си щхьэ-гъусэмрэ дыIэпхъуэну зыдогъэхьэзыр.
Хэкур сыт? Хэкур цIыхуу исхэращ, абы хуабагъэу, дахагъэу щыплъагъуращ. Сэ ахэращ щыслъэгъуар.
Епсэлъар ЧЭРИМ Марянэщ.
Сурэтыр Мамий Руслан трихащ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "26964.txt"
} |
Лъэпкъым хуэфащэ щIэблэ къэгъэхъун
Акъыл мыкIуэщIымрэ щIэныгъэ нэсымрэ я къигъэхъуапIэ нэсущ Къэбэрдей-Балъкъэрым БизнесымкIэ и институтыр куэдым къазэрыщыхъур, ар абы щеджэ студентхэрауи щIы, щылажьэ щIэныгъэлIхэрауи ирехъу, егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэм и щэхухэр къахутэн мурадкIэ абы екIуалIэ IэщIагъэлIхэрауи щрети. Апхуэдэ пщIэ лъагэ еджапIэм иIэныр, шэч хэмылъу, епхащ и унафэщI, философие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, академик Хъурей Феликс и цIэм.
Хъурей Феликсрэ Бекъан Масирэтрэ. А цIыху щыпкъэм бгъэдэлъ акъыл шэщIам, зэфIих хэкупсэ Iуэхухэм щыгъуазэр мащIэкъым. Зигури зи псэри щIэм хузэIуха, зи гупсысэмрэ хъуэпсапIэмрэ здынэсым зи зэфIэкIри нэзыгъэсыф унафэщIым «Уи IэщIагъэр фIыуэ умылъагъумэ, абы ехъулIэныгъэ дэплъагъуфынукъым» псэлъафэр и Iэпэгъущ икIи апхуэдэу щапхъэфI яхуохъуф и гъэсэнхэми и нэIэм щIэту лажьэ дэтхэнэми. ЩIэныгъэлIым, егъэджакIуэ-гъэсакIуэ Iущым и зэманри, и къарури зыхуигъэпсыр лъэпкъым цIыху нэс хуэгъэсэнырщ, и зэфIэкIкIи хьэл-щэнкIи иджырей гъащIэм декIурэ абы увыпIэ дахэ щызэзыгъэгъуэтыф щIэблэ адыгэм къыщIэувэнырщ.
ГурыIуэгъуэщ ар зэрымыIуэху тыншыр, ауэ Хъурейм и унафэм щIэту Iуэху щхьэпэ куэд зэфIэзых гуп зэкъуэтым ар къызэрехъулIэнур уи фIэщ мэхъу, абы и IуэхущIафэ дахэхэр, зыIэригъэхьэ ехъулIэныгъэр щытлъагъукIэ. Хъурей Феликс философие гупсысэ куу зыщIэлъ и тхыгъэхэм куэдрэ уащрохьэлIэ бзэм цIыху гъащIэм щиIэ мыхьэнэм хуэгъэпса псалъэхэм. «Бзэр акъылыр къэзыгъэщI, абы зезыгъэужь Iэмэпсымэ лъэщщ», — жеIэ Феликс, бзэр фIыуэ егъэджыным гулъытэ хэха зэрыхуэщIыпхъэр нэсу къыгурыIуэу. Псалъэ къудейкIэ мыхъуу, зэфIих Iуэху щхьэпэхэмкIи Хъурейм къегъэлъагъуэ и Iуэху еплъыкIэр. А гупсысэр и гъуэгугъэлъагъуэу, БизнесымкIэ институтым абы къыщызэIуихащ Дунейпсо Университет зэIуха (ОМУ) (унафэщIыр егъэджакIуэ цIэрыIуэ Джангуразовэ Лизэщ). Бзэхэр джынымкIэ щIэныпхъэр щаубзыху институтыр (ИМПЯ) ОМУ-м и къудамэ щхьэхуэщ. Бзэхэр егъэджыным ехьэлIауэ щIэныгъэм къихута щIэныпхъэм (методикэм) хэлъ IэмалыфIхэр тэмэму къыхэгъэщхьэхукIауэ гъэлэжьэн, бзэр езыгъэджхэм ар гурыIуэгъуэ ящыщIын, бзэр джыныр сабийхэм нэхъ тынш ящыщIын — ахэращ и къалэн нэхъыщхьэр ИМПЯ-м, педагогикэ щIэныгъэхэм я кандидат ХьэцIыкIу Раисэ зи унафэщIым. Апхуэдэу БизнесымкIэ институтым и программэм нэхъапэм хэмытауэ Хъурейм хигъэхьащ анэдэлъхубзэр Iэмал имыIэу егъэджыныр. Иджы адыгэбзэр институтым щрегъэдж бзэ щIэныгъэм дихьэх, ар гъащIэ гъуэгуу къыхэзыха Дзэгъащтэ Азэмэт.
Институтым къекIуалIэ ныбжьыщIэхэр. ИМПЯ-м лэжьэн зэрыщIидзэрэ, Iуэхугъуэ хъарзынэхэр щызэфIахащ. Иужьрей илъэситIым къриубыдэу абы щрагъэкIуэкIащ методикэщIэм хэлъ IэмалыфIхэр зи лъабжьэ семинархэр, конференцхэр, дерс зэIухахэр. КъинэмыщIауэ, методикэ пособиеу блы къыдагъэкIащ, урысыбзэкIэ, адыгэбзэкIэ тхауэ. Мыгувэу дунейм къытехьэнущ институтым и лэжьакIуэхэм ягъэхьэзыра тхылъ купщIафIэ. ХьэцIыкIу Раисэ, Къумахуэ-Щоджэн Галинэ, Хьэкъун Жаннэ сымэ дызэлэжьа «В мире живого слова» жыхуиIэ а тхылъым щызэхуэхьэсащ бзэр джынымкIэ екIуэкIа гъэунэхуныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр я лъабжьэу еджапIэхэм щата дерс зэIухахэр. Теорие нэсри практикэри зэщIэлъу, бзэ щIэныгъэм зезыгъэужьа къэхутэныгъэхэр и лъабжьэу бзэр егъэджыным кърикIуэ ехъулIэныгъэхэр нэрылъагъу къэзыщI, бзэр езыгъэдж псоми яхуэгъэпса лэжьыгъэ щхьэпэщ мы тхылъыр. Ар ехъулIэныгъэу къэплъытэ хъунущ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ нобэкIэ ди сабийхэр зэредгъаджэ тхылъхэр пэжыжьэщ бзэ щIэныгъэм игъуэта зыужьыныгъэм. Апхуэдэ щытыкIэм укъызэрикIын Iэмал гуэр щIэныгъэр и лъабжьэу къыщахутакIэ, ар мызэ-мытIэу утыкум кърахьэурэ и зэфIэкIхэр къыщагъэнэхуакIэ, сыт-тIэ абы етку щIэмыхъур, дыгумызагъэр пэжмэ, ди гур щIэм хузэIухар хьэкъмэ, ди лъэпкъри, ди сабийри, ди IэщIагъэри фIыуэ зэрытлъагъум шэч лъэпкъ къытедмыхьэжмэ? Хъурейм къызэрилъытэмкIэ, цIыхум и гупсысэм зегъэужьынымкIэ бзэр мыпхуэдэ гъэпсыкIэм тету егъэджыным сэбэпынагъышхуэ къешэ.
«Iуэху мыублэм блэ хэсщ», — жиIащ пасэрейм. Абы пэджэжащ «мывэ щылъым» теухуа урысей Iущагъри. А псор щIыжытIэр — ди анэдэлъхубзэм хэлъ дахагъымрэ удэзыхьэх гъэщIэгъуэнагъхэмрэ сабийм и гумрэ и псэмрэ нэзыхьэсыфын къару бгъэдэлъщ методикэщIэми аращ. Абы гъэпщкIуар къуегъэгъуэт, гугъур тынш къыпщещI, гу зылъумытэр къызэрыплъагъун Iэмал къует. ЕджакIуэр урокым тэмэму щызыгъэгупсысэ Iэмэпсымэ (алгоритм жыхуэтIэр) иIэщи, ар щимыгъауэу егъэлажьэ. ЗыгуэркIэ щыуагъэ IэщIэкIми, ар езым къегъуэтыжыфри, а алгоритмыр къигъэсэбэпурэ тыншу зэрехъуэкIыжыф. Сабийхэр абы зэреджэр «дыщэ IункIыбзэIух цIыкIущ». Уи гур хузэIухауэ къэбгъэсэбэпын щIэбдзэмэ, нэрылъагъу къыпщохъу, мы Iэмалыр куэдым зэрыпэлъэщыр. Гугъуехьым текIуэху, сабийм и гум псэхугъуэ егъуэт, и зэфIэкIым хохъуэ, гушхуэныгъэ къыхелъхьэ. «Удын зэхэдзэ нэхърэ — акъыл зэхэдзэ» псэлъафэр ди тегъэщIапIэу, мынэхъыфIу пIэрэт псоми ди зэхуэдэ мы Iуэху щхьэпэр ипэкIэ кIуэтэныр нэхъри щIэдгъэпсынщIамэ? Апхуэдэущ Iуэхум зэреплъыр мыбы и къэкIуэнур зылъагъу дэтхэнэ зы егъэджакIуэри, ИМПЯ-м и лэжьакIуэ емызэшхэри, абыхэм я узэщIакIуэ Хъурей Феликси.
ЩIэныпхъэхэр щаубзыху институтым сыт хуэдэ Iуэхугъуэ къиIэтми, Хъурейр абы жыджэру хэтщ: методикэщIэр зэрылажьэм кIэлъоплъ, щIэныгъэ, Iущагъ гуэрхэри къыхех. «ЩIэныгъэ зыбгъэдэлъу убж хъунур ищIэр мащIэу къыщыхъужу сытым дежи еджэрщ», — жеIэ абы. А гупсысэм щапхъэфI хуохъу езым и дуней тетыкIэри. Аращ ар зи пашэ еджапIэм и бжэр зи щIэныгъэм хэзыгъэхъуэну, зи зэхэщIыкIым зезыгъэужьыну, егъэджэныгъэм и IэмалыщIэхэм куууэ щыгъуазэ зыхуэзыщIыну хуей дэтхэнэ зым дежкIи дапщэщи щIызэIухар. Институтым дэIэпыкъуэгъу щагъуэт ЕГЭ-м зыхуэзыгъэхьэзырхэм, республикэм, хамэ къэралхэм я IэщIагъэлI цIэрыIуэхэр: дохутырхэр, егъэджакIуэхэр, экономистхэр, щэнгъуазэм, гъуазджэм я лэжьакIуэхэр, нэгъуэщIхэри кърагъэблагъэурэ абы щIэх-щIэхыурэ лекцэ гъэщIэгъуэнхэм къыщоджэ, щIэныгъэ конференцхэр, нэгъуэщI зэхыхьэхэр къыщызэрагъэпэщ. Иджыблагъэ абы щекIуэкIащ балъкъэр тхакIуэ Залиханов Жанакъаит къызэралъхурэ илъэс 95-рэ зэрырикъум ехьэлIа конференц. ЕкIуу къызэгъэпэща хъуащ адыгэ поэзиер зыгъэбжьыфIэ усакIуэ Iэзэ Къаныкъуэ Заринэ и творчествэм теухуа пшыхьыр. Хъурейм и жэрдэмкIэ дунейм къытехьа тхылъыщIэ зыбжанэм я лъэтеувэхэри гъэщIэгъуэну, купщIафIэу екIуэкIащ. Апхуэдэхэщ ХьэщIэлI МуIэзин и тхылъыщIэр, ХьэцIыкIу Раисэрэ Хъурей (Дзыгъур) Лусенэрэ адыгэбзэр методикэщIэм тету джыным хуэгъэпсауэ къыдагъэкIа зэрагъэунэху пособиехэр. Гум ехуэбылIэ псалъэ куэд хужаIащ си къалэмыпэм къыпыкIа зэреджэ-методикэ пособием, «Живи, Слово!» зыфIэсщам. Абы къыщызэщIэскъуэжащ илъэс куэдкIэ сызэлэжьа гъэунэхуныгъэ хьэлэмэтхэр. Тхылъым лъабжьэ хуэхъуащ ШэджыхьэщIэ Марие иубзыхуауэ щыта структурнэ гъэпсыкIэ методикэр.
Псоми гукъинэж ящы-хъуащ Хъурей Феликс и IэдакъэщIэкIхэм ящыщу «Альманах размышлений» жыхуиIэм иращIэкIа лъэтеувэ дахэр. Абы кърагъэблэгъат тхакIуэ, усакIуэ, макъамэтх, уэрэджыIакIуэ, щIэныгъэлI куэди. А тхылъым студентхэр зэрыIущIар плъагъуну гухэхъуэт: псори хуейт я гупсысэхэр къаIуэтэну. Авторым и гум къитэджыкI, гупсысэ куу зыщIэлъ Iущагъхэм еджэ псоми я гур абы зэригъэпIейтейр гурыIуэгъуэт. «Си гум къихьа гупсысэм къысхуидэркъым ар гъэру сIыгъыну. Аращи, тхылъымпIэ напэм сфIокIуэ. Сэри сыту сщIын гупсысэ гъэр, ар цIыхум сэбэп яхуэхъуну сщIэуэ?» — жеIэ Феликс.
ОМУ-м къегъэщIылIа къудамэхэм сыт хуэдэ Iуэху къамыIэтми, фIагъышхуэ хэлъущ зэрырагъэкIуэкIыр. Абы и щхьэусыгъуэр егъэджэныгъэри, гъэсэныгъэм епха Iуэхугъуэхэри Iэзагъ хэлъу, зыр зым тегъэщIапIэ хуэхъужу, дахэу зэхэухуэнауэ зэрагъэпсырщ. Иджыпсту ИМПЯ-м и лэжьакIуэхэр яужь итщ адыгэ еджагъэшхуэ Дым Iэдэм къызэралъхурэ илъэси 135-рэ щрикъум ехьэлIа щIэныгъэ конференц къызэгъэпэщыным, балъкъэр усакIуэ Додуев Аскэр и творчествэм теухуауэ пшыхь егъэкIуэкIыным.
ЩIалэгъуалэм я акъылым, дуней еплъыкIэм зегъэужьыным хуэунэтIащ ОМУ-м къыхилъхьа «Псори сщIэну сыхуейщ» проектыр, КъБР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ Бекъан Масирэт къызэригъэпэщар. А зэпеуэр институтым щрагъэкIуэкI илъэсищ хъуауэ. Ар яхуэгъэзащ я жыджэрагъкIэ, IущагъкIэ, щIэныгъэм езыр-езыру лъыхъуэнымкIэ зыхэтхэм къахэжаныкI еджакIуэхэу 3-11-нэ классым щIэсхэм. Проектым и къалэн нэхъыщхьэр еджакIуэм щIэныгъэр къилъыхъуэфу егъэсэнырщ. Мы гъэ еджэгъуэм а зэпеуэм хыхьащ еджакIуэ 1500-рэ. Апхуэдэщ институтым куэд лъандэрэ иригъэкIуэкI «Акъыл жан», «Регион 07», «ЩIэныгъэм и лъапсэм», «Афоризмхэм я лъэужькIэ», «Пентагон», нэгъуэщI зэпеуэхэри. Ахэр псори зыхуэгъэпсар еджакIуэ цIыкIухэм я акъылым, зэхэщIыкIым, щIэныгъэм хэгъэхъуэнырщ. Мыпхуэдэ зэпеуэхэм жыджэру хэтщ Налшык къалэ, Шэджэм, Псыгуэнсу, Аушыджэр, Урыху къуажэхэм я еджакIуэ цIыкIухэр, Нартан дэт интернатым и гъэсэнхэр. Мыпхуэдэ зэпеуэхэр щIэныгъэм хэзыгъахъуэ, зэхэщIыкIым зезыгъэужь Iэмэпсымэ къудей мыхъуу, зэрыжаIэщи, цIыху хуэдэу цIыхум хэтын зэрыхуейми нобэрей щIэблэр хуэзыущийщ.
Зи гугъу тщIа Iуэхугъуэхэм жыджэру хэт, ахэр зылъагъу щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ я нэгум ущиплъэкIэ, гукъыдэжым и гъусэу я псэм къыщыуша гуапагъымрэ гурыщIэ дахэхэмрэ зыхыумыщIэу къанэркъым. «Апхуэдиз дахагъэ зыбгъэдэлъ лъэпкъым хуэфащэу дунейм дытетыфыну пIэрэ?» — гупсысэ-упщIэр абыхэм ящыщ дэтхэнэми и псэм къыщыушу къыпщохъу. Уи фIэщи мэхъу а упщIэ-гупсысэр жэуапыншэу къызэрымынэнур. Ауэ сыт хуэдэну пIэрэ а жэуапыр? Мис аращ нобэ щIэблэр езыгъаджэхэр, зыгъасэхэр нэхъыбэу зыгъэпIейтейр. Аращ Къэбэрдей-Балъкъэрым БизнесымкIэ и институтым гуапагъэмрэ дахагъэмрэ я хабзэм тету унэтIыныгъэ куэдкIэ иригъэкIуэкI Iуэхугъуэшхуэхэр зыхуигъэпсри, лъэпкъ фIыгъуэхэм я къигъэхъуапIэр нэхъ куу, нэхъ къабзэ, нэхъ лъэщ ищIыну щIыхэтри.
КЪУМАХУЭ-ЩОДЖЭН Галинэ,
КъБР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ,
Бзэхэр джынымкIэ щIэныпхъэхэр щаубзыху институтым (ИМПЯ) и методист.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "26969.txt"
} |
Дауэ захъуэжа?
2002, 2010 гъэхэм цIыхухэр къызэрыхатхыкIам тепщIыхьмэ, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым зи цIыху бжыгъэр мини 10-м щIигъуу лъэпкъ 31-рэ щопсэу.
Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и нэхъ лъэпкъышхуэхэщ урысхэр (мелуани 2-рэ мин 854-рэ), шэшэнхэр (зы мелуанрэ мин 335,9-рэ), авархэр (мин 865,3-рэ), даргинхэр (мин 541,6-рэ), къэбэрдейхэр (мин 502,8-рэ), осетинхэр (мин 481,5-рэ), къумыкъухэр (мин 466,8-рэ), ингушхэр (мин 419-рэ), лезгинхэр (мин 396,8-рэ), къэрэшейхэр (мин 211,1-рэ), ермэлыхэр (мини 190,8-рэ), лакхэр (мини 166,5-рэ), азербайджанхэр (мини 155,4-рэ), табасаранхэр (мини 127,9-рэ), балъкъэрхэр (мин 110,2-рэ).
Статистикэр щыхьэт зэрытехъуащи, 2002 гъэмрэ 2010 гъэмрэ я зэхуакум кавказ лъэпкъхэм, я нэхъыбэм цыджанхэм, тыркухэм, тыркумэнхэм я бжыгъэм къахэхъуащ. Абы щыгъуэми, урысхэм, украинхэм, къэбэрдейхэм, белорусхэм, нэмыцэхэм, тэтэрхэм, корейхэм, алыджхэм я бжыгъэм кIэрыхуащ.
Округым нэхъ псынщIэ дыдэу (процент 20-м щIигъукIэ) нэхъыбэ щыхъуащ цыджанхэр, тыркухэр, цахъурхэр, агулхэр. Нэхъ мащIэ щыхъуащ (проценти 10-м щIигъукIэ) белорусхэм, нэмыцэхэм, украинхэм, тэтэрхэм, куржыхэм, корейхэм я бжыгъэр.
ЦАГОЕВ Виталий, экономист
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "26972.txt"
} |
Iулъхьэм пэщIэтыным топсэлъыхь
Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыблагъэ щызэхэтащ жылагъуэр, Iулъхьэм зэрыпэщIэт щIыкIэхэм щытепсэлъыхьа «стIол хъурей».
Ар къызэрагъэпэщат КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэмрэ УФ-м и щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм я зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэмрэ. ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и министерствэхэмрэ ведомствэхэмрэ, республикэм и щIалэгъуалэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, аспирантхэр, еджапIэ нэхъыщхьэхэм я егъэджакIуэхэр, щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэр.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ КъБР-м щыIэ еджапIэхэм коррупцэм зэрыщыпэщIэтыфыну Iэмалхэм, щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэр абы и лъэныкъуэкIэ сэбэп зэрыхъуфынум.
Къэпсэлъахэм къызэралъытэмкIэ, коррупцэм пэщIэтыным ехьэлIауэ ди цIыхухэм яIэ хуитыныгъэхэр нэхъ наIуэ щIын хуейщ. Абы къыдэкIуэу къагъэлъэгъуащ хабзэр къызэпызыудхэм тралъхьэ тезырхэр псоми я зэхуэдэу щытын зэрыхуейр. Къызэхуэсахэр нэхъыбэу зыгъэпIейтейр жэуаплыныгъэракъым, атIэ Iулъхьэ зэIэпыхыным цIыхухэм хуаIэ щытыкIэм зегъэхъуэжынырщ.
ЗэIущIэм хэтахэм абы щекIуэкIа псалъэмакъым теухуауэ лэжьыпхъэхэр къыщыгъэлъэгъуа резолюцэ къащтащ, зэхуэсым къыщаIэта Iуэхугъуэхэм хэплъэну, хэлэжьыхьыну зи пщэ къыдэхуэ IуэхущIапIэхэм яхуэгъэзауэ. «ЕджапIэ нэхъыщхьэхэм узыщрихьэлIэ коррупцэр» зыфIаща видео- гъэлъэгъуэныгъэкIэ зэIущIэм и лэжьыгъэр яухащ.
ЩОДЖЭН Iэминат.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "26974.txt"
} |
ГущIэгъу зыхэлъхэм зыхуагъазэ
«Эльбрусоид» фондым и жэрдэмкIэ, КъБР-м ЦIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министерствэм иджыблагъэ щекIуэкIащ зэIущIэ щхьэпэ. Ар теухуауэ щытащ сабий зеиншэхэр унагъуэхэм бын пэлъытэу къащтэу япIыныр ар зыщыщ лъэпкъым, зэрихьэ унагъуэцIэм тещIыхьауэ, япэм зэрыщытам хуэдэу, гъэувыным. Зэхуэсым хэтащ КъБР-м и Парламентым и депутатхэр, КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ, Лэжьыгъэмрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэхэм я IэщIагъэлIхэр, республикэм щыIэ жылагъуэ, дин, лъэпкъ щэнхабзэ центрхэм я лIыкIуэхэр.
Мы зэманым Къэбэрдей-Балъкъэрым щопсэу адэ-анэ зыщхьэщымытыж сабий 376-рэ. Абыхэм ящыщу 67-р ныкъуэдыкъуэщ. Апхуэдэу абыхэм я процент 80-м нэсыр «социальнэ зеиншэкIэ» дызэджэхэрщ — я быныр япIыжынымкIэ хуитыныгъэхэр къызыIаха адэ-анэхэм я сабийхэрщ. Нэхъыжьхэм я нэIэм щIэмытыж апхуэдиз сабийм я Iуэху бгъэтэрэзын папщIэ, къэгъэсэбэпын хуейщ Кавказым игъащIэми щытепщэу щыта лъэпкъ зэхущытыкIэхэр, зэпыщIэныгъэхэр. А Iуэхум елэжьын къызэгъэпэщакIуэ комитет щыхахащ зэIущIэм. Абы и къа- лэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ КъБР-м и социальнэ IуэхущIапIэхэм щыпсэу сабий зеиншэхэм ятеухуа хъыбар псори зэхуахьэсыну. Сабий къэзыщтэну, зыпIыну хуей унагъуэхэм щхьэкIэ комитетым хэтхэм яубзыхунущ абыкIэ щыIэ хабзэхэр, лъэпощхьэпоуншэу Iуэхур зэфIэха хъун папщIэ. КъинэмыщIауэ, абыхэм зэпащIэнущ, зэхуагъэзэнущ сабий зеиншэхэр зыпIыжыфыну я Iыхьлыхэмрэ ахэр иджыпсту щыпсэу социальнэ IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэмрэ.
КъызэгъэпэщакIуэ комитетым хагъэхьащ КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ, ЦIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ, Лэжьыгъэмрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэхэм я IэщIагъэлIхэр, КъБР-м щыла- жьэ дин зэгухьэныгъэхэм, «Эльбрусоид», «Къэбэрдей Адыгэ Хасэ» жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм, «Вече» урыс щэнхабзэмрэ тхыдэмкIэ зэгухьэныгъэм я лIыкIуэхэр.
ЗэIущIэм хэтахэм къызэрыхагъэщамкIэ, сабий зеиншэхэм я Iуэху зыIутым, я псэукIэм теухуа тхыгъэхэр, нэтынхэр нэхъыбэIуэрэ щагъэхьэзырыпхъэщ республикэм и цIыхубэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм.
ПЩЫГЪУЭШ Iэсият.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "26978.txt"
} |
Жыг минхэр хасэнущ
ДызыхуэкIуэ щэбэтым, мэлыжьыхьым и 20-м, ди республикэм лэжьыгъэшхуэ щекIуэкIынущ экологие щытыкIэр егъэфIэкIуэным хуэунэтIауэ. КъБР-м ЩIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэм къыхилъхьащ къалэхэмрэ къуажэхэмрэ жыгхэр щыхэсэным теухуа жэрдэм.
Дызэрыщыгъуазэщи, «Урысей Федерацэм Дыкъэзыухъуреихь дунейм и илъэс щегъэкIуэкIыным и IуэхукIэ» УФ-м и Президентым къыдигъэкIа Указыр нэгъэсауэ ди щIыналъэм щыгъэзэщIэным хуэунэтIауэ КъБР-м и Правительствэм иубзыхуащ жылагъуэхэм я экологие щытыкIэр егъэфIэкIуэнымкIэ лэжьыпхъэхэр. Абыхэм къызэщIаубыдэ Iуэхухэм я Iыхьэ нэхъыщхьэр мэлыжьыхьым и 20-м зэфIагъэкIыну я мурадщ. Мы лэжьыгъэм къыщыхэжаныкIа район, къалэ, къуажэ, предприятэ, цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэ нэхъыфIхэр яубзыхунущ икIи Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и саугъэтхэр текIуахэм иратын папщIэ сом мелуани 8 къызэщIагъэуIуащ.
Щэбэт къакIуэ Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэмкIэ республикэ унэу Налшык къалэ дэтым и пщIантIэм жыгхэр щыхасэнущ КъБР-м ЩIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэм и лэжьакIуэхэм, а министерствэм и деж щыIэ Экологие, жылагъуэ советхэм хэтхэм, КъБР-м и Парламентым Экологиемрэ щIыуэпсыр къэгъэсэбэпынымкIэ и комитетым хэт депутатхэм, нэгъуэщIхэми.
Мы лэжьыгъэшхуэм жыджэру хэтыну зэрыхьэзырыр жаIащ «Къэббалъкъгаз» ОАО-м и лэжьакIуэхэми. А акционер зэгухьэныгъэм и IуэхущIапIэу республикэм и муниципалитет псоми щыIэхэм я пщIантIэхэр мэлыжьыхьым и 20-м зэIузэпэщ ящIынущ, къэкIыгъэ щхъуантIэхэр, жыгхэр щыхасэнущ.
Жыг зэмылIэужьыгъуэу 1600-м нэблагъэ школхэм, сабий садхэм, социальнэ IуэхущIапIэхэм, узыншагъэр хъумэным елэжь IуэхущIапIэхэм я пщIантIэхэм шыхасэнущ республикэм Лэжьыгъэмрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ, Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ, Узыншагъэр хъумэнымрэ курортхэмкIэ, ЦIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министерствэхэм я лэжьакIуэхэм.
Дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэным и илъэсым хиубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм нэгъуэщI лэжьыгъэшхуэ куэди щекIуэкIынущ. Абыхэм жыджэру хэтыну дэ иджыри зэ къыхудоджэ лэжьакIуэ гупхэр, еджакIуэхэр, цIыху къызэрыгуэкIхэр.
Хаджиевэ ФатIимэ,
КъБР-м ЩIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ
и министерствэм
и пресс-IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "26983.txt"
} |
Нобэ
Гемофилие узыфэм пэщIэтыным и дунейпсо махуэщ
Сирие Хьэрып Республикэм и лъэпкъ махуэшхуэщ. 1946 гъэм а къэралым ирашыжауэ щытащ Инджылызымрэ Франджымрэ я дзэхэр.
Парт, къэрал лэжьакIуэ цIэрыIуэ Хрущёв Никитэ къызэралъхурэ илъэси 119-рэ ирокъу.
УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ КIуащ Верэ къызэралъхурэ илъэс 85-рэ ирокъу.
УФ-м щIыхь зиIэ и ухуакIуэ Тутэрыщ Батырбий и ныбжьыр илъэс 58-рэ ирокъу.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, уэшх тIэкIу къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градуси 3 – 4, жэщым градуси 2 — 3 щыхъунущ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "26985.txt"
} |
Зи унэхэр уэм зэтрикъутауэ щыта унагъуэ нэхъ хуэмыщIахэм ахъшэкIэ ядоIэпыкъу
Нэгъабэ мэкъуауэгъуэ мазэм Шэджэм районым къыщеха уэшхуэм зэраныгъэ зрита унагъуэ нэхъ хуэмыщIахэм ядэIэпыкъун папщIэ республикэм и бюджетым щыхухахащ сом мелуани 5-рэ мин 610-м щIигъу. А ахъшэр Щхьэлыкъуэ, Шэджэм щыпсэухэм я счетхэм мэлыжьыхьым и 15-м хухалъхьащ.
«ХэщIыныгъэшхуэ ягъуэтауэ дэIэпыкъуну къэлъаIуэхэр куэд зэрыхъум къыхэкIыу къыхэзгъэщхьэхукIыну сыхуейщ къэралым апхуэдэхэм деж псом япэу унагъуэ нэхъ хуэмыщIа дыдэхэм зэрызащIигъакъуэр. апхуэдэу, къызэрымыкIуэ щытыкIэхэм къахь хэщIыныгъэхэм зыщахъумэн папщIэ, цIыхухэм я мылъкур страхованэм къызэщIрагъэубыдэну зэракъалэныр. Абы егупсысауэ бгъэдыхьэн хуейщ, сыту жыпIэмэ щIыуэпсым и къэхъукъащIэхэм къахь хэщIыныгъэхэр инщ икIи ахэр гъэзэкIуэжыным ахъшэшхуэ токIуадэ, апхуэдэу щыщыткIэ, бюджетым и IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм ахъшэ къызэрыхахым къыхэкIыу зыужьыныгъэмкIэ программэм трагъэкIуадэр ямыгъэмащIэу хъуркъым», — жиIащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Уянаев Казым.
КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "26988.txt"
} |
Шынагъуэншагъэм пыщIа Iуэхухэм щыхоплъэ
Террорым пэщIэтынымкIэ комиссэм и зэIущIэм хэтахэм КъБР-м и Iэтащхьэм яхуигъэуващ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэу плIы нэхъ егугъуу зэпкърахыну. Абыхэм ящыщ зыт терроризмэмрэ экстремизмэмрэ япэщIэтынымкIэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм зэфIагъэкIхэр.
КъБР-м цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин къыхигъэщхьэхукIащ иджыпсту республикэм «2011 — 2015 гъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм терроризмэмрэ экстремизмэмрэ я Iэужьхэр къыщымыгъэхъуныр» программэ хэхар зэрыщагъэзащIэр. Езы министерствэми зэхилъхьащ информацэм и зэфIэкI псори терроризмэмрэ экстремизмэмрэ япэщIэгъэувэным хуэунэтIа план щхьэхуэ. Апхуэдэу абы КъБР-м и Муслъымэнхэм я IуэхущIапIэм щIыгъуу иубзыхуащ курыт еджапIэхэм я класс нэхъыжьхэм щIэсхэм зэрадэлэжьэну щIыкIэр.
КъБР-м и Iэтащхьэм игу ирихьащ сабийхэм я гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэр щрагъэкIуэкI лагерхэм «Щэнхабзэхэм я зэпсэлъэныгъэ» программэр зэрыщагъэзащIэр. Ар жылагъуэ зэкъуэтыныгъэр, лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэр гъэбыдэным, лъэпкъ, дин зэмылIэужьыгъуэхэм я зэпыщIэныгъэхэр гъэтэмэмыным хуэунэтIащ.
ЦIыхухэм транспортым шынагъуэншагъэ къащыхузэгъэпэщынымкIэ комплекс программэу УФ-м и Правительствэм и унафэкIэ къищтар гъэзэщIа зэрыхъум тепсэлъыхьащ КъБР-м транспортымкIэ, связымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министр ДыщэкI Аслъэн. Абы къигъэлъэгъуащ шынагъуэншагъэм пыщIа Iуэхухэр министерствэм сытым дежи япэ зэрыригъэщыр. Къапщтэмэ, Налшык дэт автовокзал №1-р шынагъуэншагъэ щызэтегъэувэным хуэгъэза зыхуэфащэ IэмэпсымэхэмкIэ къызэрагъэпэщащ. Абы и лъэныкъуэкIэ гъущI гъуэгу транспортым и Iуэхури хъарзынэщ.
АдэкIэ къэпсэлъахэм Къанокъуэ Арсен и пащхьэ иралъхьэжащ псэуныгъэм пыщIа IэнатIэхэм, мыхьэнэ хэха зиIэ IуэхущIапIэхэм, цIыху куэд щызэхуэс щIыпIэхэм террорым и шынагъуэ къатемыгъэхьэнымкIэ зэфIагъэкIахэр.
ЗэIущIэм и кIэухым КъБР-м и Iэтащхьэм къигъэуващ абы къыщаIэта Iуэхухэр гъэзэщIэным хуэгъэза лэжьыгъэр щIагъэхуэбжьэну. Апхуэдэу абы къигъэуващ Iуэхум и идеологие Iыхьэри нэрылъагъуу ирагъэфIэкIуэну.
Къэгъэлъэгъуапхъэщ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм пщэрылъ зэращищIам тету, властым и органхэм, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэм гъэсэныгъэр егъэфIэкIуэным хуэгъэза лэжьыгъэшхуэ зэрырагъэкIуэкIыр. Къапщтэмэ, школхэм, колледжхэм, вузхэм адэ-анэхэр кърихьэлIэу дерс зэIухахэр, жылагъуэхэм – цIыхухэм я зэхуэсхэр къыщызэрагъэпэщ.
«А Iуэху псори зыхуэунэтIар ди щIалэгъуалэм я зэхэщIыкIыр къэIэтынымрэ гъэсэныгъэр егъэфIэкIуэнымрэщ. А мурадхэр къыдэхъулIэн папщIэ, лэжьыгъэхэр тэмэму убзыхун, дэтхэнэ жылагъуэми абы дэс дэтхэнэ зы цIыхуми я деж нэсын хуейщ», — жиIащ КъБР-м и Iэтащхьэм.
КъБР-м и Iэтащхьэмрэ
Правительствэмрэ
я пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "26990.txt"
} |
Бахъсэндэсхэр къыхожаныкI
ЩIыпIэ самоуправленэм и махуэр щагъэлъапIэм ирихьэлIэу муниципальнэ лэжьакIуэхэм я республикэ спартакиадэ ирагъэкIуэкIащ.
Спорт зэхьэзэхуэхэр къызэрагъэпэщащ футбол цIыкIумкIэ, стIолыщхьэ теннисымкIэ, шахматымкIэ, топ дзынымкIэ, метри 100, 400, 800 гъуэгуанэхэр къэжынымкIэ, кIапсэкIэ зэпекъунымкIэ. Я зэфIэкIрэ я къарурэ ягъэлъэгъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и муниципалитет псоми.
Бахъсэн куейм и спорт комитетым республикэ зэхьэзэхуэхэм махуитIкIэ япэ иту район спартакиадэ иригъэкIуэкIащ. Абы щытекIуахэр мы зэпеуэм игъэкIуащ. ЩIыпIэ администрацэмрэ къадэщIхэмрэ я щIэгъэкъуэну, куейм и командэ къыхэхам хэтхэм зэфIэкI хъарзынэ къагъэлъэгъуащ икIи ехъулIэныгъэхэр зыIэрагъэхьащ.
Район администрацэм и псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэм и лэжьакIуэ ныбжьыщIэ Мыд Зухра топ дзынымкIэ пщащэхэм я деж бжьыпэр щиубыдащ.
ШахматымкIэ зэпеуэм хэтащ Кыщпэк къуажэ администрацэм и унафэщI Бэч Аликрэ абы и лэжьэгъу Пэнжокъуэ Хьэжбийрэ. Ахэр зыхэта гупым командэ зэпеуэм ещанэ увыпIэр къыщихьащ.
ДжэгукIэ дахэ ягъэлъэгъуащ футбол цIыкIумкIэ командэ къыхэхам. Абы хэтащ IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэр, лэжьакIуэ нэхъыжьхэр. Зэхьэзэхуэ гуащIэм бахъсэндэсхэм ещанэ увыпIэр щызыIэрагъэхьащ.
КIапсэкIэ зэпекъунымкIи Бахъсэн куейм и спортсменхэр къахэжаныкIащ. Абыхэм япэ увыпIэр яубыдащ.
Алокъуэ Аринэ,
Бахъсэн муниципальнэ куейм и щIыпIэ администрацэм
и пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "27000.txt"
} |
Тобэ къызохьыж
Бетыгъуэн ХьэIишэт
ГъащIэ теплъэгъуэхэр
Джэгур щекIуэкI пщIантIэм къыдэIукI макъыр Iуащхьэмахуэ нэсу къыпщыхъурт. «Хэт ищIэнт мы махуэр слъагъужыну, сыту куэдрэ сыщIэхъуэпса си къуэ закъуэм щхьэгъусэ си пщIантIэ къыдишэным! О, ди Тхьэшхуэ, сыпхуэарэзыщ къызбгъэдэплъхьа фIыгъуэм щхьэкIэ!» — жиIэрт пщIантIэшхуэр зыхуримыкъуу дэт Хужьпагуэ.
Нысашэ къикIыжа щIалэгъуалэр пщIантIэм дэмыхуэу зэуэ къыдэзэрыгуэжащ. Адыгэ хабзэм тету, нысащIэр унагъуэм къыдашэжащ. Дунейр зыхуримыкъу, гуфIэгъуэм зи гур зэщIиубыда Хужьпагуэ фIэмащIэт «куэбжэдэнэ», «нысэкъэщэхуж» Iуэхухэм хуигъэфащэ фIыгъуэмрэ ахъшэмрэ. Къыхуэмыгъэсыр зыт: гуащэтешэр къэсу, и нысэ цIыкIум и нэгу щыщIэплъэнырт. Ар апхуэдизкIэ нэхъуеиншэ хъуауэ псори игъэпIащIэрти, зыхэнынкIэ хъуну фIыгъуэшхуэ гуэрым ежьэу къыпфIэщIырт.
Пэш щхьэхуэм щIэс нэхъыжьхэм ящыщ зы цIыхубз къеджащ Хужьпагуэ:
— А, Хужьпагуэ, зи унэишэр уэрмырамэ, абыхэм къахэкIи, мыдэкIэ къакIуэ. Урикъужынщи къолыжынщ нысэм уеныкъуэкъуну иджыри!
Унэм щIэсхэр ину дыхьэшхащ, Хужьпагуэ щхьэжэ хуэхъуащ а зэхихар. Псалъэ дыджхэр къезыдзам жэуап иритыжакъым, ауэ и щхьэм хужиIэжащ: «Алыхьым жиIэмэ, си щхьэщыгум къакIуэрэ къытетIысхьами, зы цIыхум зыкъывэзгъэщIэнкъым. Сыхуейкъым ди лъэпкъым нысэмрэ гуащэмрэ я кум дэлъ зэхэмыщIыкIыныгъэр си жьэгу тепщэ щыхъуну. Сэ къэзгъэщIэнум и нэхъыбэр къэзгъэщIащ. Си щIалэ закъуэр зыми хуэмыдэу жыIэдаIуэу нобэр къыздэсым къыздэгъуэгурыкIуащ. Мы пщащэр щхьэгъусэ, псэгъусэ ищIыну мурад щищIакIэ, абы, шэч хэмылъу, лъагъуныгъэ къабзэ хуиIэщи, азэлыхь, сылIэми зызгъэлIэнмэ, а тIум яку сыдэмыхьэу. Бын цIыкIухэр игъуэтмэ, щIэгъэкъуэн сыхуэхъун фIэкIа, зы псалъэкIэ семыгуэуэн».
Хужьпагуэ фIы дыдэу ищIэжырт и щхьэгъусэ тхьэмыщкIэ дунейм ехыжамрэ абы щIэх дыдэу кIэлъыкIуэжа и гуащэмрэ и псэм гугъуехьу къытралъхьэу щытар. И къуэ закъуэр зыкIи и адэм ещхь хъуатэкъыми, ар и фIыгъуэ нэхъыщхьэу къилъытэрт, и лъэр щIигъэкIырт. ЩIэныгъэ нэхъыщхьэ зыгъуэта и быныр зыхыхьэм фIыкIэ къахэщу, пщIэшхуэ иIэу лажьэрт. Мы фIыгъуэшхуэ и жьэгум къыдыхьар и хъуэпсапIэу псэурт цIыхубз бэшэчыр. ЩIыбагъ зэримыIэм къыхэкIкIэ, сыт хуэдэ гугъуехьри игъэвурэ щхьэ уз къеуэлIари мащIэ-мащIэурэ щхьэщыкIыжат и къуэм мы фIыгъуэшхуэр къыщыжриIа махуэм щыщIэдзауэ. Лъапсэр зыхуей хуэзэу зэраухуэнми илъэс зыбжанэ хъуауэ елIалIэрт.
— Къэнэжа мащIэр, си анэ, си щхьэгъусэмрэ сэрэ дыухыжынщ. Абыи и къару тIэкIу хегъэлъхьэн хуейщ, хъунщ уэ ятIэрэ чырбышу къеплъэфэкIар, — къыжриIащ Алим къишэну мурад щищIам. Абы илъагъурт гугъуехь куэдым къела и анэр, жьы мыхъуами, и нурым зэримытыжыр. И къуэми зыри жимыIэ щхьэкIэ, егупсысырт псэуэгъу ищIыну пщащэр нысэ тэмэм и анэм хуэхъунрэ хуэмыхъунрэ. Шэч гуэрхэр и гум къизэрыхьми, псынщIэу зыщхьэщигъэурти: «Псори тэмэм хъунщ, Алыхьышхуэм жиIэмэ. Уэлэхьи, си анэм хуэдэхэм нысэ ягъэнысэфын хуеймэ, езым игъэва гугъуехьыр нэгъуэщIым иримыпэсын. Сими унагъуэ тэмэмым къыхэкIащ, адэ-анэ телъыджэ иIэщ. Дызэкъуа- жэгъущ, я Iей зэи къэIуакъым. Хъарзынэуи дызэхуэзащ, дызэрыцIыхуащ, си анэм хузиIэ пщIэмрэ лъагъуныгъэмрэ мызэ-мытIэу хуэсIуэтащ. Ауэ IейкIи фIыкIи зы псалъэ къыспидзакъым, сыту пIэрэ абы и гум щызэригъэзахуэр?» Алим куэдым егупсысырт, ауэ быдэу ищIэр зыт: сыт къэмыхъуми, мы дунеишхуэм теттэкъым абы и анэм зэран хуигъэхъуфын. Ар мызэ-мытIэу Симэ ириIуэкIат…
Алим кIэлъыплъырт и анэм и нэгум гуфIэгъуэшхуэ къызэрырихым, зэзэмызи хабзэр IэщIыб ищIурэ абы зыхуигъазэрт, IэплIэ гуапэ хуищIырт, и нэкIум щабэу Iэ дилъэрти, нэхъыжьхэм къамылъагъуу зигъэпщкIужырт. Фызышэр къыщыдыхьэжым, псори унэишэр щекIуэкIынумкIэ зэрыхьащ, къепхъыхымрэ мэлыфэмрэ зыIэрагъэхьэну. НысащIэр къытеувыкIыну хунэса къудейуэ фэр япхъуэтащ, къепхъых ахъшэмрэ IэфIыкIэмрэ зэрызехьэу къащыпащ, сабийхэм я мызакъуэу, балигъхэми. Иджы псори зэжьэр гуащэмрэ нысэмрэ щызэтехьэну дакъикъэрт. Псом нэхърэ абы нэхъ хуэпIащIэр Хужьпагуэт, мыдрейхэр нэхъыбэу зыпэплъэр гуащэм апхуэдизу зыхущIэхъуэпса нысэм тыгъэ хуищIынырт. Ар Алим дыдэ жриIатэкъым. ИгъащIэм зи къуэм щэху хузимыIа цIыхубз псэ къабзэм и быныр дунейм къыщытехьа мазэм щыщIэдзауэ сом зырызу зэхуихьэсат нысэм и техьэпщIэр къызэрищэхунур. МыщIэ лъапIэ зэрыс дыщэ тхьэгъумрэ Iэлъынымрэ фIэмащIэу, иджыблагъэ пщэхъу дэгъуэри гъусэ хуищIыжат тыгъэм. Ахэр быдэу икъузу, и лъакъуэхэр щIэкIэзызыхьу здэщытым, зи нэщхъыр зэхэлъ нысащIэр цIыхубз нэ-хъыжьхэм я пащхьэм къихутащ. Щхьэ тепхъуэр драгъэкIуэтейри, гуащэр къыбгъэдыхьащ. Абы и нэпсхэр нэкIущхьитIым къытелъэдат. Iэлъынымрэ тхьэгъумрэ ирилъхьащ, нысащIэм тIэкIу зыкъригъэзыхри, пщэхъури пщIэхилъхьащ. Щабэ дыдэу IэплIэ гуапэ и псэр зыщIэбэга и нысэ цIыкIум щыхуищIым, а тIум я гум къэкIар уафэмрэ щIылъэмрэ зэрызэмыщхьым хуэдэт. Гуащэм иджыри зэ и щхьэм хужиIэжащ: «Алыхьым жиIэмэ, уи анэ укъэзылъхуам хуэдэу фIыуэ услъагъунщ!» Зэхэпх къудейуэ къыжьэдэкIащ: «Къохъусыж, си хъыджэбз цIыкIу, сыту куэдрэ сызэбгъэжьа!» Симэ и пащхьэ къихутар и адэшхуэр зыукIар арауэ фIэкI къыпхуэмыщIэу нэщхъыджэт.
О, ди Тхьэ, щIалэм и щхьэ дауи кърилъхьат мыр къишэну, сыт хуэдэ шейтIан тепщэ щыхъуат мыбы и акъылым? Гузэвэгъуэр къэблэгъамэ, нэфи дэгуи уохъу. Дакъикъэ зыбжанэкIэ зэбгъэдэта цIыхубзитIым я кум къыдэхъуа дыджыгъэр гурыIуэгъуейт, бгъэвынуи тынштэкъым, ауэ плъэмыкIын къыптрилъхьэркъым. Хужьпагуэ къыхуиухагъэнт иджыри зы гугъуехь и нэгу щIэкIыну.
Махуэр зэрыблэкIым хуэдэу, гъэхэри блэжащ. Алимрэ Симэрэ щIалищ зэдагъуэтащ. И закъуэу къэхъуа щIалэм и гуфIэгъуэм щIэ иIэтэкъым. ЛэжьакIуэ кIуэуэ къэкIуэжыху и бынхэр зэримылъагъур фIэкуэдт. Хужьпагуи жэщ-махуэ имыIэу къуэрылъхухэм ящхьэщытт. ЕтIуанэр къыщалъхум, нэхъыжь цIыкIур гуфIэжу езым и пэшымкIэ ишащ. Астемыр цIыкIу нанэ и таурыхъ куэдым щIэмыдэIукIауэ зы пщыхьэщхьи пхуэжеинутэкъым. Щыхилъафэм деж анэшхуэм и пщэр быдэу иубыдырт. Хужьпагуэ ар игу пымыкIыурэ нэху мащIи къытещхьатэкъым, зэрыхуэпам хуэдэу. Ар и фIыгъуэшхуэти, нысэмрэ къуэмрэ жриIэнIауэ зэи игу къэкIакъым. ЩIэх дыдэу ещанэ щIалэри яIэ хъури, Аслъэн цIыкIури и дежкIэ къришэкIащ. Иджы а тIум я кум дэтурэ, жэщри махуэри зэхэпшахъуэжауэ, гъащIэр екIуэкIырт. Ауэрэ хэти Тхьэм щихъумэ жыхуиIэ зэгурымыIуэныгъэр я жьэгум къизэрыхьащ.
Симэ лэжьэн щIидзэжыну мурад зэрищIам Алим арэзы щытемыхъуэм, псалъэмакъ къэхъеящ, нысэм и жьэ бзаджэр зэщIихащ. «Уи напIэр гъалIи, лIы зэгъэгъуэт, утыкур бгъуэтмэ, уи джатэр къих» Iэмалыр къэзыгъэсэбэпыну мурад зыщIа нысащIэм зыри зэхихыжыртэкъым. Щхьэгъусэм жиIамкIэ щIригъэгъуэжырт, и гуащэр IейкIи фIыкIи а тIум я кум дыхьэртэкъым.
— Си щIалэ цIыкIу, зыхуей дыдэр егъащIэ. Сэ унэ Iуэхум сыпэлъэщынщ, сабийхэри зыхуей хуэзгъэзэнщ, — жриIэрт и къуэм. — Згъэшхэн, згъэжеин нэхъыбэ къалъыхъуэнкъым. КхъыIэ, и гугъу умыщI. Еплъыт абы щIалэ дыгъищ къыдитам. Сыт щыIэ абыхэм нэхъ лъапIэ! Ахэр мы пщIантIэм дишмэ, сыкъелынукъым, уэри ар пхуэшэчынкъым. ТIэкIу-тIэкIуурэ езыр упщIыIужынщ, щIалэщ иджыри.
— Уэлэхьи, ди анэ, уэ нэхъыбэ яхубощIэмэ а сабиищым. Сэ псори солъагъу, ауэ и жьэ мыгъуэм сыфIэлIыкIыурэ, тепщэIуэ щыхъуащ ар мы унагъуэм, — жэуап иритырт Алим анэм. — Сабийхэр фIыщэу зэрытлъагъури къегъэсэбэп абы. Зэкъым, тIэукъым къызэрызиIуэкIар щIалэхэр къищтэу зэригъэзэжыфынур. Абы и дэлъху закъуэр щхьэхуэу мэпсэури здэкIуэжыни иIэщ. Сэ апхуэдизкIэ си щхьэр абы и жьэм зэтрихуащи, нэхъапэм сиIа гукъыдэжыр дэнэ щыIэми сщIэжыркъым, си бынхэми апхуэдэу нэхъуеиншэу сахущытыжыфыркъым. Анэ псоми уралейщ, си мамэ дыщэ! Дауэ мы IэнатIэ гугъури епхьэкIыну? — и щхьэр зэрихьэрт Алим. ГуIэгъуэм зи гур иубыда Хужьпагуэ къарууэ хэлъыр зэхуихьэсри къипсэлъащ:
— Хъунщ, си щIалэ, уэшх блэкIам щIакIуэ кIэлъыпщтэкIэ къикIIакъым. Ар уи натIэ къритха насыпщи, абы зэрызебгъэкIун Iэмалрэ узэрыпэлъэщын акъылрэ къэбгъуэтын хуейщ. Си фIэщ быдэу мэхъу уэ апхуэдэ лIыгъэ узэриIэр, Iей псори IэщIыб хъууэ жылэр зэхъуапсэ унагъуэ дызэрыхъужынур. Сэ куэд си нэгу щIэкIащ, абыхэм сакъыщелакIэ, уэ птеухуа гугъуехьми сыпэлъэщынщ. ТIэкIунитIэ бэшэчу дыщыгъэт. Сими адэ-анэ Iейм къалъхуакъым, Iэмал имыIэу а тIум я хьэл гуэр къищтэжынщ.
(КъыкIэлъыкIуэнущ).
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "27004.txt"
} |
Налшыкрэ Хабаровскрэ зэдокIуатэ
«Салют» (Белгород) — «Спартак-Налшык» (Налшык) — 0:1 (0:1). Белгород. «Салют» стадион. Мэлыжьыхьым и 16-м. ЦIыху 4500-рэ еплъащ.
«Спартак-Налшыкым» и гъуащхьэтет Коченковым топыр зыIэрегъэхьэ. Судьяхэр: Федотов (Мэзкуу), Ширяев (Ставрополь), Шабаев (Набережные Челны).
«Салют»: Криворучкэ, Жирный (Дегтев, 79), Калешин, Мирошниченкэ (Бутырин, 38), Цуканов, Афонин, Яковлев (Шевченкэ, 55), Ткачук, Бекетов, Кобенкэ (Москерэ, 46), Ахметович.
«Спартак-Налшык»: Коченков, Засеев, Джудович, Тимошин, Багаев, Чеботару, Коронов, Концедалов, Гъуэщокъуэ (Сирадзе, 83), Аверьянов, Болэ (Медведев, 88).
Топыр дигъэкIащ: Короновым, 22 (0:1).
Дагъуэ хуащIащ Кобенкэ, Концедаловым, Аверьяновым.
«Спартак-Налшыкымрэ» «Салют»-мрэ я зэпэщIэтыныгъэр къахуэмыгъэсу куэд пэплъащ. Абы щхьэусыгъуэ зыбжанэ иIэт. Япэрауэ, мыгъэрей зэпеуэр фIы дыдэу щIэзыдзэжа ди щIалэхэм зи чэзу текIуэныгъэр къахуэхьмэ, премьер-лигэм щIэбэнынухэм шэч щIагъуэ къэмынэу яхыхьэфынут. Абы щыгъуэми белгороддэсхэр япэ дивизионым и кIэух увыпIэхэм ящыщ зым щытщ икIи абы къыхэнэну щIэхъуэпсмэ я очко бжыгъэм хагъэхъуэн хуейт. ЕтIуанэрауэ, «Спартак-Налшыкыр» премьер-лигэм къызэрыхагъэкIар зытралъхьэ, а зэманым абы и тренер нэхъыщхьэу лажьэу зэIущIих зэкIэлъхьэужьу иригъэхьа иужькIэ трагъэкIа, Ташу Сергейрэ ар зыхъуэжа гъэсакIуэ щIалэщIэ Шыпш Тимуррэ я зэпэщIэтыныгъэм кърикIуэнур хьэлэмэтт. Зи ныбжь хэкIуэта IэщIагъэлIымрэ зи щIалэгъуэмрэ хэт нэхъ лъэщми укIэлъыплъыну гъэщIэгъуэнт. ЗэIущIэм и пэ къихуэу ита интервьюм Ташум къыщыхигъэщащ Шыпшымрэ абырэ я гъэсэкIэм зым адрейр фIыуэ зэрыщыгъуазэр икIи хэт нэхъ Iущу икIи бзаджэу Iуэхум бгъэдыхьэмэ, ар зэрытекIуэнур. ЗэIущIэм кърикIуам къызэригъэлъэгъуащи, нэхъ зи щIалэIуэм и акъылыр нэхъ жанщ икIи IитIэлъитIэщ.
ЗэIущIэр щекIуэкIым. ТекIуэныгъэр къэзыхьа гупым зэхъуэкIыныгъэ халъхьэ хабзэкъым. Ар фIы дыдэу ищIэ пэтми, Шыпшыр а Iуэху бгъэдыхьэкIэм ебэкъуащ. Тхьэмахуэ и пэкIэ «Волгарь»-р хэзыгъэщIахэм ящыщу абы япэ дакъикъэхэм щегъэжьауэ Белгород къыщригъэхьакъым и командэм и Iыхьэ щанэр. Зинович Дмитрий, Сирадзе Давид, Руа Карлос, Медведев Алексей сымэ я пIэкIэ хэгъэрейхэм япэщIигъэуващ Коронов Игорь, Чеботару Евгений, Болэ Руслан, Гъуэщокъуэ Арсен сымэ. Абы «Салют»-м и тренер нэхъыщхьэр хуэмыхьэзыру къыщIэкIащ. Дауи, Ташум шэч къытрихьэу къыщIэкIынутэкъым иужьрей джэгугъуиплIым плIэнейрэ къыщыхэжаныкIа Медведевыр къазэрыпэщIэтынум икIи и щIалэхэр гъуащхьауэ цIэрыIуэм зэрыпэлъэщыным хуигъэхьэзырат. АрщхьэкIэ Шыпшым абы зригъэгъэпсэхуащ икIи зэребгъэрыкIуэ щIыкIэр ихъуэжри, Болэмрэ Гъуэщокъуэмрэ къригъэхьащ. Ахэр я къалэным хъарзынэу пэлъэщащ.
Псоми яфIэгъэщIэгъуэну тхьэмахуэ и пэкIэ Хабаровск щыIэу щIыпIэ «СКА-Энергия»-р 3:0-у хэзыгъэщIа «Салют»-р абы хуабжьу тригъэгушхуат. Иджы хэти пэлъэщыну къыщигъэхъуагъэнт. АрщхьэкIэ иужьрей илъэсхэм я капитану щыта Бажэ Амир мыгъэрей зэхьэзэхуэм и пэщIэдзэм яхэкIыжу Воронеж зэрыIэпхъуам хэгъэрейхэм я зэфIэкIым кIэригъэхуащ. Вэсэпшыхь джэгуахэм яхэтакъым КIурашын Азэмэти.
Белгороддэсхэр «сэшхуэ къихакIэ» налшыкдэсхэм къапежьащ. Ахэр хущIэкъуащ я ебгъэрыкIуэныгъэ лъэщхэмкIэ хьэщIэхэр занщIэу ираудыхыну. АрщхьэкIэ «Спартак-Налшыкыр» абы хуэхьэзыру къыщIэкIащ. Хэгъэрейхэм я ебгъэрыкIуэныгъэхэр ди щIалэхэм Iэзэу къызэтрагъэувыIэрт икIи Iэмал зэраIэххэу, езыхэр ипэкIэ кIуатэрт. Апхуэдэхэм ящыщ зым Короновыр и закъуэ гъуэм бгъэдыхьащ. Ар и къару къызэрихькIэ зэуа топым «Салют»-м и гъуащхьэтет Криворучкэ (зэгуэрым «Спартак-Налшыкым» и щIалэгъуалэ гупым щыджэгуащ) пэлъэщакъым. Ар къыщыхъуар зэIущIэм и 22-нэ дакъикъэрщ.
1:0-у хьэщIэхэр япэ зэрищам хэгъэрейхэр Iэнкун ищIащ. Абыхэм топыр къахуэгъэIурыщIэжтэкъым икIи щыуагъэ куэд яIэщIэкIырт. Ахэр налшыкдэсхэм къагъэсэбэпурэ тепщэныгъэр яIыгът.
Загъэпсэхуу къихьэжа иужькIэ, «Салют»-р щхьэмыгъазэу ипэкIэ кIуэтащ. Ди щIалэхэр абы хуэхьэзырти, ихъуреягъкIэ зыкърагъэбыдэкIащ. Къалэн нэхъыщхьэр текIуэныгъэр къахуэзыхь бжыгъэр яхъумэнырт. Ар абыхэм дагъуэншэу яхузэфIэкIащ. Псом хуэмыдэу къыхэгъэщыпхъэщ гъуащхьэтет Коченков Антон и джэгукIэфIыр. Мызэ-мытIэу абы «Спартак-Налшыкыр» щытыкIэ гугъум къришащ икIи и гъуэм топ къыдригъэгъэкIакъым.
Белгород щытекIуэри, налшыкдэсхэм ещанэ-еплIанэ увыпIэм зыщагъэбыдащ. Иджы ахэр къакIэлъеIэ «Балтика»-м очкоитхукIэ ящхьэщыкIащ. Апхуэдэу щытмэ, «Спартак-Налшыкым» куэд хузэфIэкIынущ. ЖыпIэну ирикъунщ мыгъэрей зэхьэзэхуэм зэрыщIидзэжрэ абы иригъэкIуэкIа джэгугъуихым ящыщу 4-м я хьэрхуэрэгъухэм зэрыщефIэкIар, 2-м зэрытемыгъэкIуауэ зэIущIэхэр зэриухар. Абы щыгъуэми и ныкъуэкъуэгъу нэхъыщхьэхэр «лъэпэрапэ» зэпытщ. Мис аргуэруи «Балтика»-ми, «Нефтехимик»-ми, «Ротор»-ми очко тIурытI-щырыщ яфIэкIуэдащ. Зэхьэзэхуэр иухыным къэнэжар джэгугъуихщ.
АдэкIэ фыщыдгъэгъуэзэнщ япэ дивизионым хэт командэхэм иужьу ирагъэкIуэкIа зэIущIэхэм къарикIуа бжыгъэхэм: «Сибирь» (Новосибирск) — «Енисей» (Красноярск) — 0:3, «Химки» (Мэзкуу область) — «Урал» (Свердлов область) — 0:0, «Балтика» (Калининград) — «Шинник» (Ярославль) — 0:0, «Уфа» (Уфа) — «Нефтехимик» (Нижнекамск) — 2:0, «Волгарь» (Астрахань) — «Торпедо» (Мэзкуу) — 0:1, «Ротор» (Волгоград) — «СКА-Энергия» (Хабаровск) — 1:2, «Томь» (Томск) — «Металлург-Кузбасс» (Новокузнецк) — 2:0.
«Спартак-Налшыкым» къыкIэлъыкIуэ джэгугъуэр и стадионым щригъэкIуэкIынущ. Мэлыжьыхьым и 23-м абы къригъэблэгъэнущ и хьэрхуэрэгъу нэхъыщхьэхэм ящыщ Волгоград и «Ротор»-р.
Жыласэ Заурбэч.
Шыпш Тимур, «Спартак-Налшыкым» и тренер
нэхъыщхьэ: Дызыпэплъар арат
— «Салют»-р жыджэру джэгуну икIи куэдрэ ебгъэрыкIуэну дыпэплъати, апхуэдэу къэхъуащ. Абы хуэдгъэхьэзыра ди Iэмалхэр къэдгъэсэбэпри, хуабжьу дызыщыгуфIыкIа текIуэныгъэр нобэ къэтхьащ.
— Премьер-лигэм и епщыкIущанэ-епщыкIуплIанэ командэхэм фаIущIэмэ, фапэлъэщу гуп нэхъыщхьэм вгъэзэжыфыну фыкъигъэгугъэрэ?
— Гугъи Iэмали сыт щыгъуи щыIэщ — ахэр къэгъэсэбэпын хуейуэ аращ. Абы щыгъуэми зэпэщIэуэ зэIущIэхэм иджыри дыхэхуакъым икIи хэт хьэрхуэрэгъу къытхуэхъунуми зэхэкIакъым.
Ташу Сергей, «Салют»-м и тренер нэхъыщхьэ:
ТIэщIэкIащ
— Нобэрей ди хьэрхуэрэгъум фIыуэ зэрызихъумэжыр икIи Iэмал щиIэкIэ гуащIэу зэребгъэрыкIуэр тщIэрт, арщхьэкIэ апхуэдэхэм ящыщ зы тIэщIэкIащ. Иджы япэ дивизионым дыкъыхэнэн папщIэ ди ныкъуэкъуэгъу нэхъыщхьэхэм даIущIэну къытпэщылъщ. БлэкIар зыщыгъэгъупщауэ, абыхэм ерыщу захуэгъэхьэзырын хуейщ.
— «Торпедо»-м Мэзкуу и IэрыщI губгъуэм къыкIэлъыкIуэу фыщыдэджэгунущ. Ар къывэхьэлъэкIынукъэ?
— «Лужники»-м и IэрыщI губгъуэр иджырей мардэхэм къотIасэ икIи абы и щытыкIэм кIэух бжыгъэр елъытауэ къыщIэкIынукъым.
Хьэтау Ислъам.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "27008.txt"
} |
Си еджапIэ — си къежьапIэ
Дерс зэIуха
Анэпсэу псынэпс къабзэ
Анэ. А псалъэм щIэлъ къарури пкърылъ мыхьэнэри къыпхуэмылъытэным хуэдизу инщ. Ар ирапх Хэкум и дахагъым, анэдэлъхубзэм и IэфIагъым. Анэм и образыр шэщIауэ къыщыгъэлъэгъуащ ди лъэпкъ гъуазджэми литературэми. Адыгэ усакIуэ цIэрыIуэ Мыкъуэжь Анатолэ и творчествэм увыпIэшхуэ щеубыд анэм и образым, хуэфащэ дыдэу ар игъэлъапIэу, иIэту, дахагъэу щыIэм я нэхъыфIыр хуигъэпсу. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, Анатолэ и усэхэу «Псалъэ жагъуэ», «Егъэлеяуэ мы щIылъэм…», «Си анэм деж», нэгъуэщIхэри. Мыкъуэжьым и творчествэм, нэхъ тэмэму жыпIэмэ, абы и «Псалъэ жагъуэ» усэм теухуат Шэджэм куейм хыхьэ Лашынкъей къуажэм дэт курыт школ №2-м адыгэбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэдж Тхьэзэплъыж Марьят 7-нэ классым щита дерс зэIухар. Ар и зы Iыхьэт школым щекIуэкIа район семинару цIыху ку эд къызэкIуэлIам. Абы хэтащ КъБР-м и цIыхубэ егъэджакIуэ ДыщэкI Марие, еджапIэм и унафэщI КIэбышэ Заремэ, Шэджэм куейм адыгэбзэр щезыгъэдж егъэджакIуэ пашэхэр.
Тхьэзэплъыж Марьят Дерсыр щиухуэм, Тхьэзэплъыжым къалэн зыбжанэ зыхуигъэувыжат, мурад щхьэпэхэри иубзыхуат. Абыхэм ящыщт адэ-анэмрэ бынымрэ яку дэлъ лъагъуныгъэр нэхъри егъэфIэкIуэныр; анэм и пащхьэм быным щиIэ къалэнхэм ныбжьыщIэхэр набдзэгубдзаплъэу кIэлъыгъэплъыныр; усэ къеджэным, зэпкърыхыным ехьэлIауэ еджакIуэхэм яIэ зэфIэкIым хэгъэхъуэныр, нэгъуэщIхэри. А мурадхэм хуэлажьэрт Тхьэзэплъыжым урокым къыщигъэсэбэпахэу усакIуэ Мыкъуэжь Анатолэ и сурэтхэр, и тхылъхэр, анэм теухуа уэрэдхэр, къызэригъэпэща выставкэ гъэщIэгъуэныр.
Дерсым щыщIидзэм егъэджакIуэр тепсэлъыхьащ бзылъхугъэм, псом хуэмыдэу анэм, дэтхэнэ цIыхум и гъащIэми щиубыд увыпIэм. Абы еджакIуэхэм щапхъэу къахуихьащ адыгэ IуэрыIуатэм хэт бзылъхугъэ цIэрыIуэхэм я образхэр, ягу къигъэкIыжащ Сэтэней и Iущагъыр, Дахэнагъуэ и зэфIэкIыр, Лашын и къарур, Iэдииху и лъагъуныгъэр. ЕгъэджакIуэм ныбжьыщIэхэм яжриIэжащ анэм и жумартагъым, быным хуиIэ лъагъуныгъэм и къарум теухуа хъыбар кIэщI. ЕджакIуэхэр абы къыпэджэжащ анэм теухуа адыгэ пса- лъэжьхэмкIэ, жыIэгъуэхэмкIэ. Апхуэдэурэ егъэджакIуэм и гъэсэнхэр хишащ и дерсыр зытеухуам: анэм и образым.
Дэрс зэIухар йокIуэкI. — Нобэ дызэджэну, зэпкърытхыну усэр зытеухуар анэщ. Ар Мыкъуэжь Анатолэ и къалэмыпэм къыпыкIа «Псалъэ жагъуэ» усэрщ, — жиIащ егъэджакIуэм. — УсакIуэм дыщыхуэзам зэрыжиIэжамкIэ, ар итхыным щхьэусыгъуэ хуэхъуар щыстудентам и анэм и жагъуэ хъун псалъэ емыгупсысу къызэрыжьэдэкIауэ зэрыщытарт. ИужькIэ Анатолэ абы куэдрэ егупсысыжащ икIи къуаншагъэ зэрилэжьар къыгурыIуэжащ, и анэми елъэIуащ къыхуигъэгъуну. Зи гугъу тщIы усэри абы и псэм къыщыушри, анэм тыгъэ хуищIащ.
Анэр анэщ: а цIыху гу щабэм, псэ къабзэм быным хуимыгъэгъуфын щыIэкъым. Анэм тегужьеикIауэ, сакъыу ехъумэ быныпсэр, ар зэрыхъу ныбжьми бгъэдэлъ зэфIэкIми темыщIыхьауэ. Ауэ апхуэдэу пIэрэ бынхэр анэм зэрыхущытыр? Мыкъуэжьым и усэм тепщIыхьмэ, бынри хуэгумащIэщ анэм, ари хуосакъ гъащIэ къезыта а цIыху телъыджэм.
Семинарым и къэпщытакIуэ гупыр. ЕгъэджакIуэр ныбжьыщIэхэм къахуеджащ «Псалъэ жагъуэ» усэм, зэхэщIыкIыгъуэу, гупсэхуу. Ар еджакIуэхэми зэ-тIэу екIуу ягъэIуа нэужь, псори зэгъусэу абы елэжьыным яужь ихьащ. Усэ сатырхэм къе-джэурэ, тхыгъэр къанэ щымыIэу зэпкърахащ, Мыкъуэжьым и усэм хэт лирикэ лIыхъужьым и хьэл-щэнри, усакIуэм анэм хуищI пщIэри, хуиIэ лъагъуныгъэри наIуэ къащIу:
А напIэзыпIэм си псалъэм
СыкIэлъыпхъуэнут,
слъэкIам,
Ауэ шэм хуэдэкъэ псалъэр —
Къимыгъэзэж пIэщIэкIам.
КIиякъым мамэ. Схуэшхыдэу,
Зы псалъи къызжимыIат.
И IэлъэщI кIапэм щэху дыдэу
И нэпсхэр
кIуэцIигъэпщкIуат.
«ШыгъушыпсыпIэм сыхэлъу», «Сыгузавэу, жей си нэм къемыкIуэу», «Си щыуагъэр къызгурыIуэжауэ», «Зи псэм щыщ хъуахуэ къысхэлъым» — апхуэдэ, нэгъуэщI псалъэ зэпхахэр усэм къыхагъэбелджылыкIащ еджакIуэхэм, анэмрэ бынымрэ яку дэлъ зэпыщIэныгъэм тепсэлъыхьурэ. Усэм хэлъ гупсысэ нэхъыщхьэ дыдэри гугъу демыхьу къагъуэтащ еджакIуэхэм:
Анэгухэм нэхърэ
нэхъ пIащIэ,
Нэхъ махэ умыгъуэтын,
Зы мыхьэнэншэу
къыпфIэщIри,
Яхуохъур ахэм удын.
Апхуэдэ унэтIыныгъэ зыгъуэта дерсым еджакIуэ псори жыджэру хэтащ. Дерсым и пэ къихуэу Мыкъуэжь Анатолэ зыхуэзыгъэза, абы епсэлъылIа яхэтт ныбжьыщIэхэми, ахэр я ныбжьэгъухэм ядэгуэшащ абыкIэ. Апхуэдэу еджакIуэхэр тепсэ-лъыхьащ я анэхэм, абыхэм я сурэтхэр ягъэлъагъуэу, ахэр гурэ псэкIэ фIыуэ зэралъагъур икIи я жагъуэ зэи ямыщIыну жаIэу. Анэхэм ятеухуа псалъэжьхэр я тетрадхэм иратхащ икIи абыхэм къеджэжащ. ЦIыкIухэм я нэгум уиплъэмэ, уи фIэщ хъурт абыхэм къажьэдэкI псалъэ гуапэхэр я гум къызэрыбгъэдэкIыр. Шэч хэлъкъым: ахэр анэпсэрэ адэпсэу дунейм тетынущ, я адэ-анэхэм ягу зэрымыщIэкIэ зэгуэр еуэми, я псэхэм гузэвэгъуэ далъхьэми, абы ахэр щIэх дыдэу хущIегъуэжынурэ я щхьэр абыхэм хуагъэтIылъынущ. Апхуэдэу къэмыхъуным къыхуриджэрт егъэджакIуэм ныбжьыщIэхэм ягу къигъэкIыжа «Зыубыд, си жьэ, зыIэжьэ, сигу» адыгэ псалъэжьми.
— Си гуапэ хъуащ фи анэхэр апхуэдизу фIыуэ зэрыфлъагъур, абыхэм я гур фхъумэу фызэрыпсэур. Зыщывмыгъэгъупщэ: фи анэхэм фэ къыфхуаIэ лъагъуныгъэр куэдкIэ нэхъ лъэщщ, нэхъ гуащIэщ, — дерсым щекIуэкIа псалъэмакъыр къызэщIикъуэжу жиIащ егъэджакIуэм. — Гъунэрэ нэзрэ зимыIэ фIыгъуэщ анэм и псалъэ Iущхэр, кIэух зимыIэ насып лъагъуэщ абы тхухиш гъуэгур. Дэтхэнэ бынми и къалэнщ анэр фIыуэ илъагъуну. Мыхьэнэшхуэ зиIэ а къалэныр зэрымыщIэкIэ Iэпэдэгъэлэл зыщIа, ар зыIэщIэхуауэ анэхэр зыгъэгузавэ щыIэмэ, къыхузоджэ зэгупсысыжыну, къагъэзэжыну, анэгумрэ анэпсэмрэ яхъумэу псэуну. Аращ дыкъызыхуриджэр адыгэ усакIуэ цIэрыIуэ Мыкъуэжь Анатоли:
Дахущывгъэт
нэхъ гумащIэу,
Анэхэм дахуэвгъэсакъ..
Марьят и дерс зэIухар хуабжьу ягу ирихьащ абы зыкърезыхьэлIа псоми. Ахэр егъэджакIуэми абы и гъэсэнхэми ехъуэхъуащ ехъулIэныгъэ яIэну, я адэ-анэхэр куэдрэ яхуэпсэуну, насып мыкIуэщI яIэну.
Тхьэзэплъыжым ита дерс хьэлэмэтым и закъуэкъым а махуэм къэпщытакIуэ гупым я пащхьэ къралъхьар. Семинарым ипкъ иткIэ, дерс гъэщIэгъуэнхэр, классщIыб лэжьыгъэ купщIафIэхэр ягъэлъэгъуащ егъэджакIуэ IэкIуэлъакIуэхэу Къамгъуэт Иринэрэ Къуэныкъуей Мидэрэ. Ахэри зэпкърыхауэ тепсэлъыхьыжащ зэIущIэм кърихьэлIа IэщIагъэлIхэр, еджапIэм гъэсэныгъэ лэжьыгъэфI зэрыщекIуэкIыр къыхагъэщу. Школым и унафэщI КIэбышэ Заремэ семинарыр щызэхуищIыжым абы къекIуэлIа псоми фIыщIэ яхуищIащ, ехъулIэныгъэщIэхэр лэжьыгъэм щызыIэрыгъэхьэным адэкIи зэрелIэлIэнур жиIэу.
ЖЫЛАСЭ Маритэ.
ДифI догъэлъапIэ
ЕхъулIэныгъэм и щэху
Сабийм уахэтыну, абыхэм уадекIуэкIыну зэрыгугъур гурыIуэгъуэщ. Апхуэдэу щытми, ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт езанэ школым и егъэджакIуэ пэрыт Жолдащ-ТхьэкIумащIэ Маритэ еджакIуэхэм яхэмытмэ, нэхъ гугъу ехьу, и гъащIэр купщIэншэу къелъытэ.
Жолдащ-ТхьэкIумащIэ Маритэ — Си бзэр си гум хэлъыщэщи, урысыбзэ къэзгъэсэбэпын хуей хъумэ, жысIэнухэм адыгэбзэкIэ согупсысри, итIанэ зэздзэкIыжу аращ. Сабийхэми сызэрепсалъэр си адыгэбзэ дахащэмкIэщ, — жеIэ Жолдащым.
Пэжу, Маритэ дыщепсалъэм и макъ гуакIуэмрэ и адыгэбзэ къабзэмрэ узыIэпашэрт. Абы мыхьэнэшхуэ иIэщ: сабийхэр къыдэпхьэхыфмэщ, урокыр къащыгурыбгъэIуэфынур.
Владикавказ дэт къэрал университетым и филологие къудамэр ехъулIэныгъэкIэ къиуха нэужь, Жолдащыр КъБКъУ-м адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэм щеджащ. ИужькIэ ар Куба дэт 2-нэ школым уващ адыгэбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэу. АдэкIэ и лэжьыгъэм щыпищащ ХьэтIохъущыкъуей школым. Илъэс зыбжанэкIэ Маритэ щытащ школ унафэщIым гъэсэныгъэ лэжьыгъэмкIэ и къуэдзэу. Адыгэбзэмрэ литературэмрэ школым щезыгъэджхэм я методикэ зэгухьэныгъэм и унафэщIу илъэсипщIым нэблагъэкIэ лэжьащ. Иджыпсту Жолдащыр Бахъсэн районым егъэджэныгъэмкIэ и IэнатIэм и методсоветым хэтщ. Зыуэ щыт къэрал экзаменыр къызэрежьэрэ, абы и къызэгъэпэщакIуэхэми хагъэхьащ.
Маритэ унагъуэ дахэ иIэщ. И щхьэгъусэ Индрис зыщыщ лъэпкъми зыдэс къуажэми пщIэ щиIэщ. А тIум зэдагъуэтащ бынитI: я щIалэ Мухьэмэд Краснодар дэт университетым и юридическэ къудамэм и 6-нэ курсым щоджэ, я пщащэ цIыкIур 6-нэ классым щIэсщ.
ЕгъэджакIуэр сыт щыгъуи щапхъэу щытын хуейщ. Жолдащ Маритэ апхуэдэщ. Езым къызэрилъытэмкIэ, а IэнатIэм упэрытын папщIэ, тэмакъкIыхьу ущытынырщ нэхъыщхьэр, итIанэ сабийм и гупсысэри егъэджакIуэм тэмэму ишэщIыфынущ.
— Сэ илъэс тIощIрэ тхурэ хъуауэ мы IэнатIэм сыпэрытщ, сабийхэр изогъаджэ, согъасэ, ауэ апхуэдабзэу езы сабийхэми хьэл-щэн гуэрхэр къысхалъхьэ, щIэщыгъуэ куэди ядызолъагъу. Си унагъуэм щIэс сабийхэм хуэдабзэу сахуосакъ си нэIэ щIэт гупым, — и Iуэху зехьэкIэм топсэлъыхь егъэджакIуэр, — сабийхэм я гур схъумэу, дахэкIэ псоми сазэрыбгъэдэтыным сыхущIокъу. Дахэ зыхэмызагъэ куэд яхэткъым сабийхэм.
Маритэ и IэщIагъэр фIыуэ зэрилъагъум, абы ехъулIэныгъэхэр зэрыщызыIэригъэхьэм я щыхьэтщ КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм, Бахъсэн районым, къуажэ администрацэм къабгъэдэкIыу кърата щытхъу тхылъхэр. Илъэс зыбжанэ хъуауэ ехъулIэныгъэфIхэр иIэу «Си бзэ — си псэ, си дуней» зэпеуэм абы и еджакIуэхэр къыхожаныкI, «Хабзэм и лIыхъусэжьхэр» зэхьэзэхуэми мызэ-мытIэу япэ увыпIэр щаубыдащ. «АдыгэбзэмкIэ дерс нэхъыфI» зэпеуэми Маритэ щытекIуащ. ЕгъэджакIуэ гумызагъэм щIэх-щIэхыурэ ирегъэкIуэкI урок зэIухахэр. Нэхъ къехъулIахэм ящыщу къалъытащ «Си анэдэлъхубзэу бзэ псом ефIэкI», «Жэбагъы хьэщIэхэр къызэрыригъэблэгъар», ЩоджэнцIыкIу Алий и «Мадинэ» поэмэм, Шортэн Аскэрбий и «ЛIыгъэм и вагъуэ» тхыгъэхэм ятеухуахэр. Сабийхэм ягу къинэжа класс щIыб лэжьыгъэхэм ящыщщ «Фарзщи, адыгагъэм фемыIусэ, ар псэунщ бэуэхукIэ зы бгырыс», «Пасэ зэманым псэуа адыгэхэм я гъащIэ хьэлъэр Уэхъутэ Абдулыхь и тхыгъэхэм къызэрыщыгъэлъэгъуар» жыхуиIэхэр. Маритэ и лэжьэкIэфIыр щапхъэу ягъэлъагъуэу, абы мызэ-мытIэу тетхыхьащ район газетым и журналистхэр.
— АдыгэбзэмкIэ егъэджакIуэ сызэрыхъуар си егъэджакIуэу щыта Тхьэмэдокъуэ Люсэ и фIыщIэщ, — жеIэ Маритэ. — Абы хуэдэ егъэджакIуэ гъуэтыгъуейт, дерсхэр зэмылIэужьыгъуэ защIэу, дыдригъэхьэхыу иригъэкIуэкIырт, дыпсэлъэну е дытеплъэкъукIыну ди гущхьэ къэкIыртэкъым, фIыгъуэ гуэрым дыхэкIыжыну къытфIэщIырти. Ар егъэджакIуэ хьэлэмэтыщэт, и лэжьыгъэкIи, и цIыхугъэкIи хуэдэ гъуэтыгъуейуэ. Мы еджапIэми сэ сащыIущIащ цIыху хъарзынэхэм. Абыхэм ящыщщ школым и унафэщI Нэхущ Аллэ. ЕгъэджакIуэхэм сытым дежи щIэгъэкъуэнышхуэ яхуэхъу а цIыху гъуэзэджэм сэри лэжьыгъэм сытригъэгушхуащ, чэнджэщ щхьэпэ куэд къызитащ.
Адыгэбзэмрэ литературэмрэ хухаха сыхьэт бжыгъэхэр фIэмащIэми, ахэр еджакIуэхэм щIэщыгъуэ, гъэщIэгъуэн ящещIыф Жолдащым. Абы къызэрилъытэмкIэ, сабийхэр нэхъ дехьэх адыгэ литературэм, апхуэдэу щIыщытри ар гъащIэм щыщ Iыхьэу, абы пэгъунэгъуу зэрыщытрауи ебж.
— Сэ къызэрыслъытэмкIэ, сабийм и бзэмкIэ уепсалъэмэ, абы ар зэи IэщIэхунукъым, — жеIэ Маритэ. — Унагъуэрщ псори къыщежьэр. Грубэ Владислав жери зы урыс щIалэ цIыкIу ди школым щоджэ и унагъуэр ди къуажэм къэIэпхъуэжауэ. Адыгэбзэр зи мыанэдэлъхубзэ сабийм зэман кIэщIым къриубыдэу ар зригъэщIащ, абы и мызакъуэу, ди хабзэхэри ещIэ, адыгэ къафэри екIуу егъэзащIэ. Гукъыдэж зиIэ сабийм сытри къипхъуэтэнущ, ауэ а гукъыдэжри ептыфын хуейщ.
Сабийхэм дерсхэр щIэщыгъуэ ящищIын мурадкIэ, Жолдащым къегъэсэбэп методикэщIэхэр, компьютерым къуит IэмалыфIхэр, урокым ехьэлIа теплъэгъуэ гъэщIэгъуэнхэр. Абы къокI егъэджакIуэри зэпымычу еджэн зэрыхуейр, а IэнатIэм епхауэ ди гъащIэм къыхыхьа IуэхугъуэщIэхэр и лэжьыгъэм хипщэн папщIэ. Маритэ сабийхэр фIырэ Iейуэ зэхи-дзыркъым, атIэ еджэныр нэхъ къызэгугъуэкI цIыкIухэм къалъыкъуокI нэгъуэщI хьэлэмэтагъи — щэнхабзэм е гъуазджэм зэфIэкI щаIэу, е IэщIагъэ гуэрым ехъулIэу. Аращи, егъэджакIуэ гумызагъэм сабийм хузэфIэкIынур зыхуэдизыр къехутэри, абы нэхъ тегъэщIауэ и лэжьыгъэр еухуэ.
ЕгъэджакIуэм и лэжьыгъэр ефIэкIуэныр куэдкIэ елъытащ езы еджапIэм къуит Iэмалхэми. Маритэ къелъытэ школым и унафэщIым иджырей компьютерхэмрэ нэгъуэщI зыхуеинухэмкIэ нэсу къызэрызэригъэпэщам и фIыщIэкIэ, егъэджакIуэхэм я Iуэхур ипэкIэ кIуатэу.
Жолдащыр иджыри илъэс куэдкIэ и IэщIагъэ дахэм ирилэжьэну, щIэблэ узыншэ тхуигъэсэну ди гуапэщ.
ТАБЫЩ Динарэ.
Щапхъэ
Япэ егъэджакIуэ
Сабийм и къэкIуэнур куэдкIэ зэлъытар и япэ егъэджакIуэрщ. Абы и хьэл-щэнхэм ящыщ гуэрхэр и гъэсэнми зыхелъхьэ. Абы и лъэныкъуэкIэ си насып къикIауэ къызолъытэ сэ. Си япэ егъэджакIуэу, ущиякIуэу сиIа ХъуэкIуэнхэ япхъу, Кумыщхэ я нысэ ФатIимэт хуэдэ цIыху гъуэтыгъуейщ, апхуэдизу ар псэ хьэлэлщ, и лэжьыгъэри гумызагъэу ирихьэкIащи.
ФатIимэт къэзымыцIыху Къулъкъужын Ищхъэрэми Ипщэми дэскъым, жыпIэмэ ущыуэнукъым. Абы иригъэджахэр хэт дохутыр Iэзэ, хэти инженер хъуащ. Зы цIыхуи къахэкIакъым IэнатIэншэ, щIэныгъэншэ хъуауэ. СССР-м егъэджэныгъэмкIэ и отличникщ ар. Ар лэжьэху, дэтхэнэ адэ-анэри хущIэкъуащ и сабийр а егъэджакIуэ щыпкъэм пэщIигъэхуэну. Куэдрэ къэхъуащ къищтэн хуей сабийхэм я бжыгъэм щыфIэкIаи.
Зэрысабийрэ егъэджакIуэ IэщIагъэм гу хуищIат ФатIимэт. Сабийр зэрыIэсэмкIэ и адэ-анэм пасэу къащIат абы и къэкIуэнур зыхуэдэнур. Зи цIыкIугъуэр Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм, абы и ужь ита зэман хьэлъэм хиубыда хъы-джэбз цIыкIум, дауи, сабиигъуэ тынш иIакъым.
— Дэ зэшыпхъуий дыхъурт: Тамарэ, Рахьинэт, Рукъинэт, Зухра, Арфена, Марьям, Жантинэ, сэ, — игу къегъэкIыж ФатIимэт. — Жантинэ пасэу дунейм ехыжащ. Мыдрейхэр, Тхьэм и шыкуркIэ, узыншэу дыкъэхъуащ. Къуажэм дэт курыт школ №4-р къиуха нэужь, 1961-1964 гъэхэм ФатIимэт щеджащ Налшык педучилищэм. Еджащ ар егугъуу, еш имыщIэу. Абы зэрыжиIэжымкIэ, зэреджэ тхылъхэр зэпэубыдати, хэкIыпIэу яIэр библиотекэрат.
ЕгъэджакIуэ IэщIагъэ мытыншым пэрыуващ 1964 гъэм. Абы лэжьэн щыщIидзащ езыр щеджа школ №4-м.
Лэжьыгъэм щIэхыу хэгъуэзащ егъэджакIуэ ныбжьыщIэр. Адрейхэм къакIэрымыхуу, уеблэмэ ефIэкIыу IэнатIэр игъэтэрэзырт, къыдэлажьэхэри и гъэсэн цIыкIухэм я адэ-анэхэри къыхуэарэзыуэ, пщIэ къыхуащIу. Илъэсхэр, зым яужь адрейр иту, ФатIимэти и зэфIэкIым хигъахъуэу, и Iуэху зехьэкIэр иригъэфIакIуэу гупым яхэтащ, жылагъуэ гулъытэу игъуэтым махуэ къэс хэхъуэу. хьэлэлу лэжьыгъэм зэрыпэрытым папщIэ абы къыфIащащ «СССР-м егъэджэныгъэмкIэ и отличник» цIэ лъапIэр, къыхуагъэфэщащ щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр. А псори абы къыхуэзыхьар егугъуу щIэныгъэ зэрызригъэгъуэтарщ, еш имыщIэу зэрылэ-жьарщ.
— Школым сыщыувам гъуэгугъэлъагъуэ схуэхъуащ егъэджакIуэ нэхъыжьхэр, абыхэм я Iуэху бгъэдыхьэкIэр, гупым и зэхэтыкIэр си дежкIэ щапхъэу, — илъэс 50-м нэскIэ егъэджэныгъэм хэта ФатIимэт жиIэн и мащIэкъым. — Зы цIыху гъащIэ хуэдиз мэхъу сэ школым сызэрыщылэжьа зэманыр. А илъэсхэм къриубыдэу сэ Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэ куэдми цIыху мымащIэми сарихьэлIащ. Сабийм щIэныгъэфI ептыну ухуейрэ ар уи мурад быдэмэ, абы и адэ-анэми уадэлэжьапхъэщ. Ахэр зыдэбгъэIэпыкъуурэ сабийм и зэфIэкIыр, хьэл-щэныр, дэзыхьэх Iуэхугъуэхэр зэбгъэщIапхъэщ. Сабийм и ныкъусаныгъэр, IэщIэкI щыуагъэхэр къэбулъэпхъэщыныр, абыхэм «джэдыкIэм цы къызэрыхахым» хуэдэу уепэщэщыныр, ауэ щыхъукIи и фIым гу лъумытэу ущытыныр къуаншагъэхэм я къуаншагъэжщ. Дэтхэнэ сабийми и зэфIэкIыр, бгъэдэлъ зэчийр наIуэ къэщIыпхъэщ, итIанэщ и ныкъусаныгъэхэм ущелэжьынур.
ФатIимэт зэрыжиIэмкIэ, сабиймрэ егъэджакIуэмрэ зэрымыцIыхумэ, зэмысэмэ, ахэр ныбжьэгъу зэхуэмыхъумэ, егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ Iуэхум къикIын щыIэкъым. ЕджакIуэр дэзымыхьэхыф егъэджакIуэм лъэкIынукъым абы щIэныгъэ нэс иритын, бгъэдэлъ зэфIэкIхэм адэкIи зригъэужьын.
— Къуажэ школхэм щIэныгъэ тэмэм щызумыгъэгъуэтыфыну жыхуаIэр пэжкъым, — и псалъэхэм пещэ нэхъыжьыфIым. — Псори зэлъытар сабийр зыпэщIэхуа егъэджакIуэм бгъэдэлъ щIэныгъэрщ, абы и IэщIагъэм хуиIэ лъагъуныгъэрщ, и псэ къабзагъэрщ. Апхуэдэ унэтIакIуэм сабийм еджэным хуиIэ гукъыдэжыр къиIэтыфынущ. АтIэми, ерыщу еджэм ехъулIэныгъи иIэнущ.
Бзылъхугъэр ящыщщ и къуажэгъухэр, щалъхуа и щIыпIэр фIыуэ зылъагъухэм. Ар дехьэх Къулъкъужын Ищхъэрэ (Къуэнхьэблэ) къуажэм и тхыдэм. ФатIимэт хьэлэмэт куэд ещIэ абы ехьэлIауэ. Абы къызэрилъытэмкIэ, къуажэпщу къэгъуэгурыкIуа Къуэнхэ ятеухуа хъыбархэр тхыжауэ щIэблэм къахуэгъэнэн, егъэджын хуейщ.
Унагъуэ дахи иIэщ ФатIимэт. Абырэ и щхьэгъусэ Хьэшимрэ быниплI зэдагъуэтащ: Мусэ, Хьисэ, Тае, Ларисэ. Ахэр гъащIэм гъуэгу пэж щытрагъэуващ, псори унагъуэщ. Я нысэ Емкъуж Iэсияти (и къуэ Хьисэ и щхьэгъусэщ) егъэджакIуэщ. Абы урысыбзэмрэ урыс литературэмрэ я къуажэ курыт школым щрегъэдж. Хьэшимрэ и къуэ нэхъыщIэ Хьисэрэ мэкъумэшыщIэхэщ. Ахэр я жумартагъымкIэ, псапащIэ IуэхухэмкIэ къуажэ псом щыцIэрыIуэщ.
Зи щIэныгъэри зи зэфIэкIри щIэблэм щIэныгъэрэ гъэсэныгъэрэ етыным тезыухуа ФатIимэт, зэгурыIуэрэзэдэIуэжу псэу унагъуэ дахэм адэкIи заузэщIыну ди гуапэщ.
ПЩЫХЬЭЩIЭ Хьэмзэт.
Псалъэжьхэр
Гупсысэм и кхъуафэжьейщ
Акъыл зиIэр еджэнкIэ ирикъуркъым.
Акъылым и анэр гупсысэщ.
Акъылым и лъапсэр чэнджэщщ.
Акъылыр ландыщэщ, гъэсэныгъэр дыщэ жыгщ.
Еджэным кIасэ иIэкъым.
Еджауэ щIегъуэжа щыIэкъым.
Зи нэхъыжь едаIуэ и Iуэху мэкIуатэ.
ЩIэныгъэ лей хъуркъым.
ЩIэныгъэншагъэр мыгъуагъэщ.
IэщIагъэ зиIэм Iэужь иIэщ.
Тхылъыр гупсысэм и кхъуафэжьейщ.
ТхылъыфIыр зи щIалэгъуэм и унэтIакIуэщ, зи жьы хъугъуэм и ныбжьэгъуфIщ.
Пэрытхэр
Зэманым декIу Гъубж ФатIимэ
Иджырей лъэхъэнэр цIыхуми абы и Iуэху зехьэкIэми псынщIэу зыщихъуэж зэманщ. Абы декIун щIэблэ бгъэсэн щхьэкIэ, IэмалыщIэхэр, бгъэдыхьэкIэщIэхэр шэщIауэ къыщыгъэсэбэпын хуейщ егъэ-джэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэхэм.
Зи лэжьыгъэм IэмалыщIэхэр хэзылъхьэу Iуэхур зэфIэзых егъэджакIуэ пэрытхэм ящыщщ Гъубж (Пщыгъуэтыж) ФатIимэ Хъусен и пхъур. ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зэрихьэу Бахъсэн къалэм дэт курыт школ №2-м илъэс 30-м нэсауэ адыгэбзэмрэ литературэмрэ щрегъэдж абы.
ФатIимэ категорие нэхъыщхьэ зиIэ егъэджакIуэщ. И IэщIагъэм зэрыпэрыувэрэ блэкIа илъэсхэм къриубыдэу и щIэныгъэм хигъахъуэ зэпыту, ехъулIэныгъэфIхэр зыIэригъэхьэу мэлажьэ ар. ЕгъэджакIуэ Iэзэм, гъэсакIуэ щыпкъэм и нэIэм щIэту щIэныгъэ зэзыгъэгъуэтахэм къахэкIащ школыр, къалэр зэрыгушхуэ цIыху куэд. ФатIимэ и гъэсэнхэр дапщэщи жыджэру хэтщ Бахъсэн къалэм, республикэм щекIуэкI зэхьэзэхуэхэм, олимпиадэхэм, икIи, ди гуапэ зэрыхъущи, абыхэм увыпIэфIхэр къыщахь, щIэныгъэфIхэр къагъэлъагъуэурэ. Апхуэдэщ усэ къеджэнымкIэ республикэпсо зэхьэзэхуэм япэ увыпIэхэр къыщызыхьахэу Нэ-гъуей Аминэ, Куржы Динарэ, Унэж ФатIимэ сымэ, нэгъуэщIхэри. Гъубжым игъэхьэзырурэ, школакIуэхэр щIэх-щIэхыурэ хэтщ ныбжьыщIэхэм я конференцхэм, абыхэм я зэфIэкIхэр щагъэлъагъуэ. Апхуэдэ текIуэныгъэхэм егъэджакIуэми еджакIуэ цIыкIухэми я лъэр щIагъэкI, Iуэху нэхъ иныжхэм трагъэгуш- хуэ.
Иригъаджэ сабийхэр и адыгэбзэмрэ лъэпкъ литературэмрэ дригъэхьэхын папщIэ, ФатIимэ и дерсхэр зэмылIэужьыгъуэу еухуэ, щIэщыгъуагъ, щIэ гуэрхэр хилъхьэурэ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ егъэджакIуэ IэкIуэлъакIуэм и гъэсэнхэм я псэм къыщегъэуш анэдэлъхубзэм хуаIапхъэ лъагъуныгъэр, захрегъащIэ абы и IэфIыр.
— Анэдэлъхубзэр щIэблэм езыгъэджхэм ди къалэн нэхъыщхьэу сэ къэслъытэр ныбжьыщIэхэм адыгэбзэр яIурылъу, нэмыс яхэлъу, хабзэр ящIэу къэгъэхъунырщ. Къыхэгъэщыпхъэщ ар зи пщэ къыдэхуэр егъэджакIуэм зэримызакъуэр. Лъэпкъпсо мыхьэнэ зиIэ Iуэхум — бзэр хъумэным, зегъэужьыным — гулъытэшхуэ хуащIын хуейщ балигъ псоми, япэрауэ, адэ-анэхэм, къыкIэлъыкIуэу нэхъыжьыфIхэм, — жеIэ ФатIимэ. — А псом сабийр хуэбгъэсэн щхьэкIэ, анэдэлъхубзэм и IэфIагъыр сабийм и псэм нэсу зыхебгъэщIэн щхьэкIэ, Iэмал куэд къэгъэсэбэпыпхъэщ. Дэ, егъэджакIуэхэм, ди лэжьыгъэм нэхъыбэIуэрэ хэтлъхьэн хуейщ лъагапIэщIэхэм дыхуэзышэ Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэр, технологие пэрытхэр. Адэ-анэхэм быныр ди лъэпкъ хабзэ дахэм щIапIыкIын, я унагъуэм анэдэлъхубзэр «щытепщэу» щытын хуейщ. Балигъхэр зэдэууэ делэжьыпхъэщ лъэпкъым хуэфащэ щIэблэ къыщIэгъэхъуэным.
УнэтIакIуэ гумызагъэр бгъэдэлъ IэзагъымкIэ ядогуашэ егъэджэныгъэ IэнатIэм пэрыхьагъащIэ лэжьакIуэхэм. Абы ет дерс зэIухахэр, и Iуэху зехьэкIэ пэрытыр наIуэ ищIу. Апхуэдэ дерс щхьэпэт ФатIимэ къалэпсо семинарым къриубыдэу иджыблагъэ игъэлъэгъуар. ДжэгукIэр зи лъабжьэ а дерс зэIухар зэIущIэм кърихьэлIа егъэджакIуэхэм хуабжьу ягу ирихьащ.
Апхуэдэу гурэ псэкIэ и IэнатIэм пэрытщ Гъубж ФатIимэ, и гъэсэнхэр фIым къыхуриджэу, адыгагъэ яхэлъу, анэдэлъхубзэр фIыуэ ялъагъуу ахэр къэгъэхъуным гулъытэ хэха хуищIу.
ЗэфIих лэжьыгъэфIым папщIэ ФатIимэ къыхуагъэфэщащ КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм, Бахъсэн къалэм егъэджэныгъэмкIэ и IэнатIэм къабгъэдэкI щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр.
КЪАРДЭН Маритэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "27013.txt"
} |
Студентым и «уасэр»
УФ-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм иубзыхуащ къэралым и еджапIэ нэхъыщхьэхэм ахъшэ зэрахуиутIыпщыну щIыкIэр.
Мылъку нэхъыбэ дыдэ зыхухахынур иджыпсту япэ ирагъэщ IэщIагъэхэм (медицинэ биохимие, медицинэ биофизикэ, медицинэ кибернетикэ, компьютер, хъыбарегъащIэ шынагъуэншагъэхэр къызэзыгъэпэщ, электроэнергетикэмрэ ракетэ комплексымрэ космонавтикэмрэ) щыхуагъэхьэзыр еджапIэхэрщ. Апхуэдэхэм щеджэ дэтхэнэ студентми хуэзэу къэрал бюджетым къыхэкIыу 2013 гъэм сом мини 112-рэ еджапIэхэм иратынущ.
Бакалавр е IэщIагъэлI ягъэхьэзырын папщIэ лабораторэ Iэмэпсымэ лъапIэ къэзыгъэсэбэпын хуей хъухэм папщIэ зы илъэсым къриубыдэу сом мин 69-рэ хуаутIыпщынущ.
Iэмэпсымэ гуэри егъэджэныгъэм къыщызымыгъэсэбэп студентым и «уасэр» сом мин 63-рэщ. Зи гугъу тщIыр еджапIэ нэхъыщхьэхэм нэхъыбэу щагъэхьэзыр тхыдэджхэрщ, психологхэрщ, журналистхэрщ, математикхэрщ, юриспруденцэм хуеджэхэрщ.
Магистрантым бюджетым нэхъыбэ хухех. Ар япэ ирагъэщ IэщIагъэхэм хуеджэу щытмэ, зы цIыхум хуэзэу сом мини 128-рэ университетхэм, институтхэм щыхухахынущ, Iэмэпсымэ гуэри къэзымыгъэсэбэпхэм папщIэ — сом мин 74-рэ.
Гуманитар щIэныгъэхэм хуеджэ аспирантым сом мин 75-рэ хуаутIыпщынущ, ауэ IэщIагъэ «нэхъапэхэм» хуагъэхьэзырхэм сом мини 133-рэ трагъэкIуадэ. Ауэ щыхъукIи, докторантхэм хуаутIыпщ ахъшэр зыкъомкIэ нэхъ мащIэщ.
Къыхэгъэщыпхъэщ бюджетым къыхэкI мылъкур еджапIэм нэхъ Iэмалыншэ дыдэхэм фIэкIа зэрытримыгъэкIуадэр — егъэджакIуэхэм я улахуэм, коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэм я уасэм, IэщIагъэлIхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ курсхэм гъэкIуэным, студентхэм папщIэ щэнхабзэ зэхыхьэхэр къызэгъэпэщыным, нэгъуэщIхэми.
ЕджапIэр лэжьэным текIуадэ ахъшэм и нэхъыбэр езым къилэжьыжын хуейуэ аращ, грантхэр къахькIэрэ е щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкIкIэрэ.
Лихачевэ Наталье.
«Российская газета».
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "27022.txt"
} |
США-р иужь къонэ
НэхъыфI дыдэу зызыужьауэ къалъытэ къэрал 17-м ящыщ США-м и Лъэпкъ къэхутакIуэ советым зэриубзыхуамкIэ, цIыхубэм я узыншагъэр зыхуэдэмкIэ а гупым иужь дыдэ увыпIэрщ Америкэм щиIыгъыр. Штат Зэгуэтхэм цIыхухэм я гъащIэр щынэхъ кIэщIщ, сабийуэ лIэжхэм я бжыгъэр щынэхъыбэщ, адрей лъэныкъуэхэмкIи Европэм и къэралхэм, Канадэм, Японием яужь къонэ. Ауэ щыхъукIи, США-м медицинэм тригъэкIуадэ ахъшэр адрей къэралхэм нэхърэ зытIущкIэ нэхъыбэщ.
Америкэ сымаджэщхэр медицинэм ехьэлIауэ къежьэ IэмэпсымэщIэхэмкIэ узэдащ — я узыншагъэм кIэлъагъэплъын, загъэхъужын щхьэкIэ абы ауэ сытми кIуэркъым къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм щыщ пащтыхьхэр, президентхэр, мелардырыбжэхэр. США-м и университетхэм медицинэмкIэ я факультетхэм щолажьэ къэхутэныгъэ телъыджэхэр езыгъэкIуэкI щIэныгъэлI-медикхэр.
АтIэ сыт американецхэм я узыншагъэр щIекIакIуэр? Узыншагъэр хъумэн IэнатIэмкIэ езым хуэдэ къэрал куэдым къащIыкIэрыхур?
Iуэхур къызэрыгуэкIщ — къэхутакIуэхэм щхьэтечу жаIэ абы и щхьэусыгъуэр США-м къэралпсо медицинэ страхованэ зэрыщымыIэр зэрыарар. Абы и медицинэр пщIэншэкъым, нэхъыбэр унейщи, я къалэн нэхъыщхьэр фейдэ къыхэхынырщ, армыхъумэ лъэпкъым и узыншагъэр хъумэныркъым.
Къэралыр а Iуэхум зэрыхэувэр хуэмыщIахэм страхованэ яхуэщIынырщ — зи ныбжьыр илъэс 65-рэ хъу пенсионерхэмрэ ныкъуэдыкъуэхэмрэ ядоIэпыкъу, зауэм и ветеранхэм защIегъакъуэ. Абы щыгъуэми, зи гугъу тщIыхэм я жыпым зыгуэр кърахыу халъхьэн хуей мэхъу къэралым къаритым.
Фи кIэн къикIрэ фыщылажьэ IуэхущIапIэр къулеймэ, страховкэ фиIэнущ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, къыпхуащIэ медицинэ Iуэхутхьэбзэм текIуадэм и ныкъуэр, е и процент 30-р къуитыжынущ. Ауэ а къэралым щылажьэ компаниехэм я нэхъыбэр цIыкIущ е курытщи, медицинэм я Iуэху халъхьэркъым, адрей къалэнхэр яхуэгъэзащIэ къудейуэ аращ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, медицинэ страховкэ зимыIэххэхэр щыкуэдыкIейщ США-м.
Абы ипкъ иткIэ, американец мелуан 46-р медицинэ дэIэпыкъуныгъэм хуэхейщ. А Iуэхутхьэбзэр апхуэдизкIэ лъапIэщи, зи мылъкукIэ абы пэлъэщыр мащIэ дыдэщ.
Зи хэхъуэр ику ит американецым дохутырым деж и зэ щIыхьэгъуэм доллар 200-м щегъэжьауэ 400-м нэс, зы махуэкIэ сымаджэщым щIэлъын папщIэ доллар мин зыбжанэ иритыныр къохьэлъэкI. Апхуэдэ дыдэуи медицинэ страховкэм папщIэ зы мазэм доллар 1000, 1500-рэ иритын хузэфIэкIыркъым.
Зэман дызыхуэкIуэм апхуэдэ мыхъумыщIагъэм кIэ иратынущ. 2010 гъэм къащта унафэм ипкъ иткIэ, Iуэхур хуэм-хуэмурэ мэкIуатэ. Ар гъащIэм хэпща хъумэ, цIыху мелуан 30-м медицинэ страховкэ яIэнущ. КъищынэмыщIауэ, 2014 гъэм къэралым ахъшэ зыхухих страховой IуэхущIапIэхэр къызэIуахынущ. Абы хыхьэ хъунущ зи лэжьапIэмкIэ страховкэ зимыIэхэр. Апхуэдэуи сабийхэм я ныбжьыр илъэс 26-рэ ирикъуху я адэ-анэхэм я страховкэхэр къахуэсэбэпынущ. А ныбжьым нэсыху щIалэгъуалэр еджапIэхэм щIэсщ, страховкэ щызэрагъэпэщын лэжьапIэ увыркъым.
Америкэ медицинэм зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр игъуэтынущ, ауэ ар гугъу хъунущ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, а Iуэхум къыпэщIэтхэри куэдщ. Пэжщ, Обамэ Барак унафэр гъащIэм зэрыхипщэным быдэу тетщ. «НобэкIэ американец куэдым медицинэ дэIэпыкъуныгъэ ягъуэтыркъым, абы и лъапIагъым щхьэкIэ дохутыр зрагъэплъыфыркъым. Аращ а законыр къегъэщтэным иужь сыщIитар», — жеIэ Обамэ Барак.
Бараникас Илья.
«ЭХО планеты» журнал.
Сурэтым: Обамэ Барак Узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэм зэхъуэкIыныгъэр хэлъхьэным теухуа унафэм Iэ щыщIидзам илъэс 11 зи ныбжь Оуэнс Марселусс сэлам ирихащ. А щIалэ цIыкIум и анэр лIащ медицинэ страховкэ зэримыIэм, зэрызигъэхъужын мылъку зэрыбгъэдэмылъым къыхэкIыу.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "27025.txt"
} |
Улахуэхэр мащIэу щытыжынукъым
УФ-м лэжьыгъэмрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Топилин Максим и нэIэ щIэт Iуэхухэр цIыхубэр зыгъэпIейтей защIэщ. Ар лэжьыгъэрщ, абы къыпэкIуэ улахуэрщ, пенсэм халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэрщ, ныкъуэдыкъуэхэр зыхуей хуэгъэзэнырщ, унагъуэхэм псэукIэ и лъэныкъуэкIэ ядэIэпыкъунырщ…
Къэбгъэлъагъуэмэ, «Российская газета» редакцэм и зы хьэщIи апхуэдиз упщIэ иратауэ къыщIэкIынкъым, Топилиным хуагъэхьэзырам хуэдиз. ЦIыхухэр нэхъыбэу зыгъэгузавэ Iуэхухэмрэ ахэр къэралым зэфIэха зэрыщыхъумрэ теухуа упщIэ — жэуап зыбжанэ къыхэтхыжащ «РГ»-м къытрадза интервьюм.
— Пенсэ зэрагъэув щIыкIэм халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэр къащтэмэ, ди къэралым пенсэр зэрыщыхъунур сыт хуэдиз? Къэбгъэлъагъуэмэ, ахэр иджыпстуи лэжьапщIэм и процент 40-м нэхърэ мынэхъ мащIэу щытын хуейт. Ауэ я лэжьапщIэм и процент 40 е нэхъыбэ пенсэу зыхуагъэувхэр зи улахуэр мащIэ дыдэхэращ.
— Пенсэр улахуэм щыщ Iыхьэу аращ. Абы и инагъыр зэлъытар къэралым лэжьапщIэу щатырщ. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, илъэси 7-8-м къриубыдэу улахуэм хуэдитIым нэскIэ хэхъуэнущ. Абы ипкъ иткIэ, зэрыгурыIуэгъуэщи, пенсэри апхуэдизкIэ нэхъыбэ хъунущ.
Пенсэр улахуэм и процент дапщэу щытми нэхъ щIоупщIэ цIыхухэр. Ар дэтхэнэ зыми и тхылъхэм — IэнатIэ зэрыпэрыта илъэс бжыгъэм, и улахуэм, и лэжьыгъэм и гугъуагъым, нэгъуэщIхэми — елъытауэ аращ. Псалъэм папщIэ, сом мини 100 е 200 къэпхьу щытмэ, дауи, абы и процент 40-р пенсэу ягъэувынукъым, сыту жыпIэмэ, страховой хэлъхьэныгъэхэми пщалъэ гуэр къагъэув. Пэжщ, ахъшэшхуэ къэзыхьхэм хуагъэлъагъуэ зэхуэзыхьэс Iэмалыр (накопительнэ системэр).
Пенсэ нэхъыбэ къэзыхьынур хабзэм ипкъ иткIэ, куэдрэ лэжьарщ. Зи гугъу сщIыр стажу илъэс 35-рэ зиIэхэрщ. Илъэс бжыгъэ нэхъ мащIэкIэ лэжьам и пенсэри нэхъ мащIэу щытынущ.
— А псори зэхьэлIар пенсэ ныбжьым нэмысахэрщ. Иджыпсту пенсэ къэзыхьхэмрэ мыгувэу тIысыжынухэмрэ сыт я Iуэхур зытращIыхьынур?
— Иджыри къэс щыIа хабзэм ипкъ иткIэ, пенсэ ахъшэр къэзылэжьам зыри фIэкIуэдакъым. Пенсэ хабзэщIэхэм дыщытехьа махуэм и пэ къихуахэр зэрыщытауэ къонэж, уеблэмэ иужьрей зэрылэжьа пIалъэри а хабзэм тету къыхуабжыж.
— IэщIагъэлI куэдым жаIэ Урысейм «гъэпщкIуауэ» щылажьэхэм, зи улахуэхэр хэIущIыIу зымыщIхэм я бжыгъэм гъэ къэси зэрыхэхъуэр. Ахэр къыщIэпш мыхъуну пIэрэ а «жьауэм»?
— Ар икъукIэ къалэн гугъущ икIи гъэзэщIа хъуныр зэлъытар экономикэм псори зэрыщызэпыщIар дэтхэнэ зы цIыхуми фIыуэ гурыгъэIуэнырщ. Псори нахуэу дылажьэрэ — ахъшэр социальнэ фондхэм макIуэ. Абы къыхэкIыу, къэралым иIэщ узыншагъэр хъумэным, цIыхухэр пенсэкIэ къызэгъэпэщыным, социальнэу ядэIэпыкъуным, егъэджэныгъэм тригъэкIуэдэн ахъшэ. Иджыпсту, пенсэр зэрагъэув, зэрат щIыкIэхэм куэдрэ дыщытепсэлъыхьым, и гугъу дощI а Iуэхум. Си гугъэщ цIыхухэм дызэхащIыкIыну.
— Нахуэу IэнатIэ Iуувэну Iэмал зимыIэ куэд къызэрыпэджэжынур слъагъу хуэдэщ уи псалъэхэм. Лэжьыгъэм епха законодательствэм зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэн хуэмейуэ пIэрэ? «Щэхуу лажьэхэр», зи улахуэхэр конвертхэм дэлъу зратхэр къыдахьэхын щхьэкIэ, псалъэм папщIэ, хьэрычэтыщIэ Iуэху цIыкIум лэжьыгъэ зэхущытыкIэхэр нэгъуэщI зыгуэру щызэтеубламэ хъарзынэтэкъэ?
— Арэзы сыдохъу апхуэдэ Iуэху еплъыкIэм. Пэжщ, хьэрычэтыщIэхэр хабзэ нэхъ къызэрыгуэкIым тету лажьэу зэтеублэн хуейщ, социальнэ фондхэм ахъшэ халъхьэфу хъун папщIэ.
— Сыт хуэдэ IэнатIэхэра иджыпсту лэжьакIуэ зыхуримыкъур?
— ЦIыхухэр лэжьыгъэкIэ къызэзыгъэпэщ IэнатIэхэр илъэс кIуам зыщIэупщIа мелуани 7,5-м и нэхъыбэр рабочэхэрщ. IуэхущIапIэхэр зыхуэныкъуэ IэщIагъэлIхэм я процент 80-р апхуэдэ лэжьакIуэхэрщ.
— Мыпхуэдэ къыщыхъу щыIэщ — анэр лэжьапIэ щыдэкIыжын хуей пIалъэр къэсащ, и сабийр садым Iахыркъым (ахэр зэрызэпэубыдам къыхэкIыу). Ар уней гъэсапIэм ирет е и унэ къакIуэурэ къыкIэлъыплъын къещтэ. Апхуэдэхэм деж гъэсакIуэм иритыну ахъшэмкIэ къэралыр къыдэIэпыкъуну анэм? ГъэсапIэхэм я бынхэр иратыну Iэмал зэрамыIэр щхьэусыгъуэ хуэхъуркъэ къалъхухэм я бжыгъэр нэхъ мащIэ зэрыхъум?
— Демографие щытыкIэр Iуэху куэдым елъытащ.
Сэ зэрысщIэмкIэ, щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм хабзэ пыухыкIахэр щыIэщи, зи гугъу фщIы щытыкIэм хуэдэ къихута анэхэм гъэсакIуэм ират ахъшэм щыщ хуапшыныж. Ауэ ар нэхъ зэпкърыхауэ жызыIэфынур егъэджэныгъэ Iуэхум хэтхэрщ.
Социальнэ дэIэпыкъуныгъэм ехьэлIауэ жыпIэу щытмэ, къалъхум я бжыгъэр нэхъыбэ хъун папщIэ пособие зыбжанэ ят. Абыхэм ящыщщ зи демографиер щытыкIэ нэхъ гугъу ит хэгъуэгу 50-м ещанэ, абы къыкIэлъыкIуэ сабийхэм папщIэ мазэ къэс ахъшэ ирату 2013 гъэм къызэраублар. А субсидиехэр къызыхэкIыр федеральнэ бюджетырщ. АдэкIи, демографие политикэм елъытауэ, нэгъуэщI бгъэдыхьэкIэхэри щыIэнкIэ хъунущ.
— Ныкъуэдыкъуэхэм якIэлъыплъым ират ахъшэр илъэсиплIым щIигъуауэ сом 1200-рэщ зэрыхъур. Сыт абы щIыхэмыхъуэр?
— УФ-м и Президентым иджыблагъэ Iэ щIидзащ сабий сымаджэ зыпIхэмрэ зэрысабийрэ япэ гупым хыхьэ ныкъуэдыкъуагъэ зыбгъэдэлъхэм якIэлъыплъ адэ-анэхэмрэ ират ахъшэм хуэдиплIкIэ зэрыхэхъуэнур къыщыгъэлъэгъуа Унафэм. Иджы ар сом мини 5,5-рэ хъунущ икIи 2013 гъэм и щIышылэм щыщIэдзауэ къабжыжынурэ зыхуэфащэхэм иратыжынущ. Абы трагъэкIуэдэну ахъшэр бюджетым щыхухахащ.
— Ныкъуэдыкъуэхэр зэрыс гу цIыкIухэм папщIэ дэкIуеипIэхэр зимыIэ, нэхъ пасэу ящIа унэхэм апхуэдэ Iэмалхэр къыщызэгъэпэщыным теухуа Iуэхур дауэ зэфIэха хъуну?
— Абы унафэ тезыщIыхьын хуейр щIыналъэ властырщ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, иджыпстуи унэ щащIкIэ ар къыщамылъытэ щыIэщ. Ауэ щыхъукIэ, ныкъуэдыкъуэхэр зэрыс гу цIыкIухэр щызекIуэн бгъэдыхьэпIи теувапIи иIэн хуейщ унэми пщIантIэми, ар хабзэм къыщыгъэлъэгъуащ. Иджыри зэ къытызогъэзэжри, мыбы нэхъ набдзэгубдзаплъэу кIэлъыплъын хуейщ щIыпIэ властхэр.
Федеральнэ къулыкъущIэхэр хэгъуэгухэм щаухуэ дэтхэнэ унэми кIэлъыплъыфынукъым. Дэ Iуэхур къыдоIэт, ар зэрагъэзэщIэнумкIэ чэнджэщ ядот, адрейхэр зи пщэ дэлъыр щIыналъэхэм щылажьэхэращ.
Иджыпсту «Доступная среда» къэрал программэр мэлажьэ, аращ ныкъуэдыкъуэхэр пщIантIэм, унэм, Iэшэлъашэм зыхуей щыхуэзэнымкIэ Iэмалхэр къыщыгъэлъэгъуар. Апхуэдэ программэхэр ягъэзэщIэн папщIэ щIыналъэхэм сом меларди 4,2-рэ хуаутIыпщынущ етIанэгъэ.
Хэгъуэгухэмрэ абы щылажьэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ яубзыхун хуейщ ныкъуэдыкъуэхэр нэхъ зыхуэныкъуэ объектхэр зыхуэдэмрэ программэхэм хэгъэхьапхъэхэмрэ.
Смольяковэ Татьянэ,
Грицюк Маринэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "27033.txt"
} |
Мы махуэхэм
Мэлыжьыхьым и 18, махуэку
Фэеплъхэмрэ тхыдэ мыхьэнэ зиIэ щIыпIэхэмрэ я дунейпсо махуэщ
1970 гъэм Балэ Мухьэдинрэ Къардэн Хьэсэнрэ «Мадинэ» япэ адыгэ оперэр ягъэуващ.
Мэлыжьыхьым и 18 — 19-хэм Москва щекIуэкIынущ Урысей Федерацэм и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и Х съездыр.
Мэлыжьыхьым и 18 — 21-хэм Салоники (Алыдж) щызэхэтынущ епщIанэ дунейпсо тхылъ жармыкIэр.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градуси 6 — 7, жэщым градуси 5 — 6 щыхъунущ.
Мэлыжьыхьым и 19, мэрем
1563 гъэм япэ урыс типографиер къызэIуахащ.
1783 гъэм Кърымыр Урысейм гухьащ.
Литературовед, филологие щIэныгъэхэм я доктор, АКъУ-м и профессор, УФ-ми АР-ми щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, ЩIДАА-м и академик Щхьэлахъуэ Iэбубэчыр и ныбжьыр илъэс 84-рэ ирокъу.
ТхакIуэ, драматург, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Журт Биберд къызэралъхурэ илъэс 76-рэ ирокъу.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, уэшх тIэкIу къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градуси 8 — 10, жэщым градуси 5 — 8 щыхъунущ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "27035.txt"
} |
ТекIуэныгъэм и махуэр зэрагъэлъэпIэнум теухуауэ
ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 68-рэ зэрырикъур гъэлъэпIэным зыхуэгъэхьэзырынымкIэ къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр КъБР-м и Правительствэм гъубж кIуам щызэхэтащ. Ар къызэIуихащ икIи иригъэкIуэкIащ Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Портэ Галинэ.
КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Фырэ Руслан къызэхуэсахэр щигъэгъуэзащ накъыгъэм и 8 — 9 махуэхэм республикэм щекIуэкIыну щэнхабзэ зэхыхьэхэр зыхуэдэнум.
— ЦIыхубэм пщIэшхуэ зыхуащI а махуэшхуэр зыхуей хуэзэу къызэдгъэпэщын хуейщ, — жиIащ Фырэм. — Ди республикэм и къалэ, район администрацэхэм махуэшхуэр зэрагъэлъэпIэнум теухуауэ яIэ мурадхэри къэтлъытэри, план зэхэдгъэуващ. Абы жыджэру хэтынущ ди лъахэм ЩэнхабзэмкIэ и унэхэр, жылагъуэ, ветеран зэгухьэныгъэхэр, щIалэгъуалэ, спорт зэ-щIэхъееныгъэхэр. Къэбгъэлъагъуэмэ, махуитIкIэ Налшыки республикэм и къалэ, район центрхэми концертхэр, гъэлъэгъуэныгъэхэр, зэпеуэхэр къыщызэрагъэпэщынущ, а псори къыщIидзэнущ Хэку зауэшхуэм хэтахэм я фэеплъхэм удз гъэгъахэр телъхьэнымкIэ.
Министрым къызэхуэсахэм зэпкърыхауэ я пащхьэ кърилъхьащ накъыгъэм и 8 — 9 -хэм къалащхьэм щекIуэкIыну щэнхабзэ зэIущIэхэр. Абыхэм хэплъа нэужь, Портэ Галинэ игу ныкъуэу къигъэлъэгъуащ Сталинград, Курск зэхэуэхэр мы гъэм илъэс 70 зэрырикъуар, Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэхэм къызэрыIэщIахыжрэ апхуэдиз зэрыхъур хуэфащэ гулъытэ имыгъуэту зэрыблэкIар, иджы абыхэм ятеухуа Iуэхугъуэхэри планым хэгъэхьэн зэрыхуейр.
АдэкIэ псалъэ зрата, лэжьыгъэмрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ министр Тюбеев Альберт къыхигъэщащ Хэку зауэшхуэм и ветеранхэм ядэIэпыкъун щхьэкIэ гъэ къэс щэбэт щIыхьэху зэрырагъэкIуэкIыр. Апхуэдэу мы гъэм къызэрагъэпэща Iуэхум сом мелуани 8,6-рэ къыхэкIащ, накъыгъэр къэсыху абы иджыри хэхъуэнущ.
Тюбеевым зэрыжиIамкIэ, Хэку зауэшхуэм хэтауэ нобэкIэ ди республикэм ветеран 630-рэ щопсэу, хэкIуэдахэм я щхьэгъусэу 85-рэ диIэщ. Щэбэт щIыхьэхум къыхэкIа ахъшэм и ныкъуэр ветеранхэм сом мин тхурытхуу хуагуэшынущ, адреймкIэ зыщIэс унэхэр ремонт хуащIынущ. Апхуэдэ Iуэхутхьэбзэ хуэныкъуэхэри къыхатхыкIащ — цIыху 24-м я псэупIэхэр хуэм-хуэмурэ хузэрагъэпэщыжынущ, абы сом мелуни 2,5-рэ трагъэкIуэдэнущ.
КъБР-м узыншагъэр хъумэнымрэ курортхэмкIэ и министр Шэт Ирмэ къытеувыIащ ветеранхэм ират медицинэ дэIэпыкъуныгъэм. Абы жиIащ ахэр зэи гулъытэншэ зэрамыщIыр, сымаджэщхэм екIуэлIэфым зыхуэныкъуэ кIэлъыплъыныгъэ абыхэм зэрыщагъуэтыр, къэмытэджу хэлъхэм я деж дохутырхэр зэры-кIуэр.
ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ КъБР-м и ветеранхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Шыхъуэбахъуэ Мухьэмэд. Абы махуэшхуэхэр Iэтауэ къызэгъэпэщыным елIалIэхэм фIыщIэ яхуищIащ.
— УФ-м и Iэтащхьэми, ди правительствэми зауэм хэтахэм ахъшэ зэрыратыр хъарзынэщ, ауэ абы нэмыщI ветеранхэр хуэныкъуэщ цIыхухэм я гулъытэ, — жиIащ Шыхъуэбахъуэм. — Яхуевгъэхь ахъшэм нэмыщI, властым и лIыкIуэхэр, жылагъуэм щыщхэр, школакIуэхэр щIыхьэн хуейщ унэм къыщIэмыкIыфу щIэсхэм я деж. Нэхъ гумащIэу дахущывгъэт, махуэшхуэм къыдэмыкIыфынухэм удз гъэгъа Iэрамэ нэхъ мыхъуми яхущIэфхьи я гукъыдэжыр къахуэфIэт.
Шыхъуэбахъуэм къыхигъэщащ а махуэм гулъытэ зыхуэщIын хуейр ветеранхэм зэрамызакъуэр, атIэ хэкIуэдахэм я щхьэгъусэхэр, тылым щылэжьахэр, зауэм зи сабиигъуэр хиубыдауэ иджыпсту щхьэзакъуэу псэу лIыжь-фызыжьхэр гуапагъэ зэрыхуэныкъуэр.
Фырэ Руслан къигъэ- лъэгъуа планыр, дэщIыгъужыпхъэхэри хуащIауэ, зэIущIэм и кIэухым къащтащ.
НэщIэпыджэ Замирэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "27037.txt"
} |
Республикэм зиужьыным и IуэхукIэ
КъБР-м и Iэтащхьэм деж лъэпкъ проектхэр гъэзэщIэнымрэ демографие политикэмкIэ щыIэ советым и зэIущIэ дыгъуасэ республикэм и Правительствэм и Унэм щекIуэкIащ. Ар къызэIуихащ икIи иригъэкIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен.
«Егъэджэныгъэ», «Узыншагъэр хъумэн», «Урысейм и цIыхухэм — псэупIэ тэмэм» лъэпкъ проектхэр, мэкъумэш хозяйствэм зегъэужьыным хуэунэтIа къэрал программэр гъэзэщIа зэрыхъумрэ 2013 гъэм тещIыхьауэ я лэжьыгъэр зэраубзыхуамрэ ятеухуауэ министрхэр къыщыпсэлъащ зэIущIэм. Советым и унафэхэр гъэзэщIа зэрыхъум къызэхуэсахэр арэзы техъуащ, 2013 гъэм зэрылэжьэну яубзыхуа проектри къызэдащтащ.
Щомахуэ Залинэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "27039.txt"
} |
КъБР-м и ТВ нэтынхэр
1 КъБР
«Мир» канал
Блыщхьэ, мэлыжьыхьым и 22
7.00 Мультфильм (6+)
7.10 «Тхъушх махуэ»
7.40 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр»
8.10 «Ретроспектива». «Кэнжэ — жыг хадэхэм я щIыналъэ» телевизионнэ фильмыр
8.30 «Iущыгъэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (6+)
8.50 «УпщIэ щыуэркъым» (адыгэбзэкIэ) (12+)
9.10 «49-нэ каналым и пощт» (12+)
18.00 «Необъявленное» фильмыр
18.20 «Уэрэдыр ди гъащIэ дамэщ». Кавказ Ищхъэрэм и гъуазджэм и лэжьакIуэхэм я концерт. ПэщIэдзэр (адыгэбзэкIэ) (16+)
19.25 «Къэбэрдей-Балъкъэрым и Дыщэ Вагъуэхэр». Совет Союзым и ЛIыхъужь Иллазаров Исай (12+)
19.40 «Усэхэр зэрыт тетрадь». Ахматовэ Аннэ (12+)
20.05 «ЛъэужьыфI». СтIол хъурей. Тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, жылагъуэ-политикэ лэжьакIуэ Хутуев Хьэнэфий (балъкъэрыбзэкIэ) (16+)
20.45 «Бажэ пшынэ». Дзэлыкъуэ куейм щекIуэкIа IуэрыIуатэ фестиваль
21.15 «Улажьэмэ, лыжь пшхынщ». «Налшык гъэш комбинат» ООО-р (адыгэбзэкIэ) (12+)
21.40 ХъыбарыщIэхэр
Гъубж, мэлыжьыхьым и 23
7.00 Мультфильм (6+)
7.15 «Чемпионхэр». СССР-м футболымкIэ спортым и мастер Давыдов Игорь (12+)
7.40 ХъыбарыщIэхэр
7.55 «Сэ фIыуэ слъагъу уэрэд». Концерт (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
8.25 «Зэчиймрэ IэпщIэлъапщIагъэмрэ». КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ Отаров Керим и творчествэм теухуауэ (балъкъэрыбзэкIэ) (16+)
8.55 «ГъащIэ гъуэгуанэ». КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Къардэн Борис (адыгэбзэкIэ) (12+)
9.30 «Си лъахэ». Аушыджэр Iуащхьэхэр. Япэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (12+)
18.00 «Къэбэрдей-Балъкъэрым и Дыщэ Вагъуэхэр». Совет Союзым и ЛIыхъужь Къуэныкъуей Назир (12+)
18.20 «Уэрэдыр ди гъащIэ дамэщ». Кавказ Ищхъэрэм и гъуазджэм и лэжьакIуэхэм я концерт. КIэухыр (адыгэбзэкIэ) (16+)
19.25 «Тайм-аут». Спорт тележурнал
19.40 Балъкъэр лъэпкъым и къэщIэрэщIэжыныгъэм и махуэм и щIыхькIэ екIуэкIа махуэшхуэ концерт (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
21.00 «Адыгэ хьэблэ». Къаныкъуэ Заринэ и тхылъыр утыку кърахьэ (адыгэбзэкIэ) (12+)
21.40 ХъыбарыщIэхэр
Бэрэжьей, мэлыжьыхьым и 24
7.00 Мультфильм
7.15 «Тайм-аут». Спорт тележурнал (12+)
7.30 «Гъуэгур, лъэсырызекIуэр, рулым Iусыр» (12+)
7.40 ХъыбарыщIэхэр
7.55 «Горская мозаика» сабий макъамэ фестивалым теухуауэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
8.20 «…ГъащIэм къыпещэ». УсакIуэ Кудаев Маштай (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
8.50 «Уэрэдыр зи Iэпэгъу». Уэрэдус, уэрэджыIакIуэ Лий Аслъэн (адыгэбзэкIэ) (12+)
9.25 «Си лъахэ». Аушыджэр Iуащхьэхэр. ЕтIуанэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (12+)
18.00 «Спорт хъыбархэр»
18.25 «Псэм и IэфIыр къуатмэ». ТхакIуэ Теунэ Хьэчим. Япэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (12+)
19.25 Мультфильм (6+)
19.30 «Телеакадемия». ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым и ректор Рахаев Анатолэ (12+)
20.00 «Бэрэжьей пщыхьэщхьэм Баразбиев Исмэхьил дригъусэу». КъБКъУ-м Балъкъэр щэнхабзэмкIэ и центрым и унафэщI Тюбеевэ Светланэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
20.30 «Кабардинка» къэрал академическэ къэфакIуэ ансамблыр илъэс 80 щрикъум ирихьэлIэу. «Лъэпкъым и набдзэ» (адыгэбзэкIэ) (12+)
21.05 «Узэгугъур къогугъуж» (адыгэбзэкIэ) (16+)
21.30 «Зи чэзу псалъэмакъ»
21.40 ХъыбарыщIэхэр
Махуэку, мэлыжьыхьым и 25
7.00 Мультфильм (6+)
7.15 «Седьмая скорость». Автомобилистхэм папщIэ (12+)
7.40 ХъыбарыщIэхэр
7.55 «Гум и къеуэкIэ». СурэтыщI Сарбашев Азнор и гъэлъэгъуэныгъэм къратыкI репортаж (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
8.15 «Гъунапкъэхэр». Тележурнал (балъкъэрыбзэкIэ) (16+)
8.45 «Ди псэлъэгъухэр» (адыгэбзэкIэ) (12+)
9.20 «Тхыпхъэ». Накуэ Феликс и тхылъыр утыку кърахьэ (адыгэбзэкIэ) (12+)
18.00 «Къэбэрдей-Балъкъэрым и Дыщэ Вагъуэхэр». Совет Союзым и ЛIыхъужь Иуан Хьэсэн (12+)
18.20 «Псэм и IэфIыр къуатмэ». ТхакIуэ Теунэ Хьэчим. ЕтIуанэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (12+)
19.25 Мультфильм
19.35 «И дуней». УсакIуэ Гуртуев Сэлихь (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
20.05 «Динымрэ гъащIэмрэ» (адыгэбзэкIэ) (12+)
20.35 «Сценэм къыхуигъэщIа». КъБР-м и цIыхубэ артисткэ Щэрмэт Людмилэ (адыгэбзэкIэ) (16+)
21.10 «КъэкIуэнур нобэрей махуэм пыщIащ». Актрисэ, театровед Жэман Аминэ
21.40 ХъыбарыщIэхэр
Мэрем, мэлыжьыхьым и 26
7.00 Мультфильм (6+)
7.10 ХьэIупэ ДжэбрэIил. Флейтэмрэ адыгэ пшынэмрэ папщIэ сонатэ (12+)
7.40 ХъыбарыщIэхэр
7.55 «Узыншагъэ» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
8.20 «Ди щIэин» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
8.40 «ЩIалэгъуэ» (адыгэбзэкIэ) (12+)
9.00 «Сыхуейщ насыпкIэ сыфхуэупсэну». УсакIуэ Гъубжокъуэ Лиуан (адыгэбзэкIэ) (12+)
9.30 «Адыгэ шхыныгъуэхэр» (адыгэбзэкIэ) (12+)
18.00 Мультфильм
18.10 «Гъуэплъыфэ уафэ». Сабийхэм папщIэ спорт тележурнал (6+)
18.30 «ЦIыхубэ IэпщIэлъапщIэхэр». IэпщIэлъапщIэ Тхьэзэплъыж Руслан (12+)
19.25 «Дызэгъусэу». ЩIалэгъуалэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (16+)
20.00 «Уэзджынэ». Налшык къалэ дэт 14-нэ гимназиер (адыгэбзэкIэ) (12+)
20.25 «Республикэм хуэгъэзауэ». Дзэлыкъуэ район администрацэм и Iэтащхьэ Шэт МэчрэIил (16+)
20.55 «49-нэ каналым и пощт» (12+)
21.40 ХъыбарыщIэхэр
Щэбэт, мэлыжьыхьым и 27
7.00 Мультфильм (6+)
7.10 «Ар фщIэн хуейщ». Медицинэ хъыбарыщIэхэр (12+)
7. 40 ХъыбарыщIэхэр
7.55 «Дыгъэм и деж хьэщIапIэ». Холам-Безенги аузыр (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
8.15 «Гум и уэрэд». Уэрэдус, уэрэджыIакIуэ Мамий Аслъэн (адыгэбзэкIэ) (12+)
9.00 «Усэхэр зэрыт тетрадь». IутIыж Борис (адыгэбзэкIэ) (12+)
9.10 «49-нэ каналым и пощт» (12+)
16.40 «Iуащхьэмахуэ лъапэ-2013». Бгы-лыжэ макъамэ фестивалым къратыкI репортаж (12+)
17.00 «ЦIыху, хэкупсэ, жылагъуэ лэжьакIуэ». Тыркуин Анатолэ и фэеплъ пшыхь (Мэздэгу къалэ) (16+)
17.40 КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Амирамов Ефрем и концерт. ПэщIэдзэр (12+)
18.20 «Iущыгъэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (6+)
18.40 «Ыйыкъ». ХъыбарыщIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ)
18.55 «Уэрэдыр фэеплъ мыкIуэдыжщ». ДыщэкI Залымхъан (адыгэбзэкIэ) (12+)
19.30 «Узыншагъэ» (адыгэбзэкIэ) (16+)
20.00 «Республикэм щыхъыбархэр». ХъыбарыщIэхэр (адыгэбзэкIэ)
20.15 «49-нэ каналым и пощт» (12+)
Тхьэмахуэ, мэлыжьыхьым и 28
7.00 Мультфильм (6+)
7.25 «Нэхъ лъапIэ дыдэр». Культуролог, ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым и доцент ЩауэцIыкIу Людмилэ (12+)
7.55 «И дуней». Жабоевэ Зайнаф. ЛашкIутIэ къуажэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
8 15 «Ыйыкъ». ХъыбарыщIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ)
8.30 «КъэкIуэнур зейхэр» (адыгэбзэкIэ) (12+)
8.55 «Республикэм щыхъыбархэр» (адыгэбзэкIэ)
9.10 «49-нэ каналым и пощт» (12+)
16.50 Мультфильм (6+)
17.05 «Чемпионхэр». Бгы туризмэмкIэ СССР-м и мастер Мамыщ Кашиф (12+)
17.30 «Зэманымрэ цIыхумрэ». «Минги-Тау» журналым и редактор нэхъыщхьэ Додуев Аскэр (12+)
18.00 КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Амирамов Ефрем и концерт. КIэухыр (12+)
18.40 «Сурэтхэм къаIуэтэж» (балъкъэрыбзэкIэ)
18.55 Балъкъэр лъэпкъ шхыныгъуэхэм я пщэфIыкIэм хуэIэкIуэлъакIуэ Башиев Мурадин (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
19.30 «Зы уэрэдым и хъыбар» (адыгэбзэкIэ) (12+)
19.50 «Дзэ къулыкъум ираджэхэр» (адыгэбзэкIэ) (12+)
20.10 «Уи теплъэр». Налшык и скульптурэ фэеплъхэр. Япэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (12+)
20.40 «49-нэ каналым и пощт» (12+)
21.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр»
КъБР-м и ТВ
Блыщхьэ, мэлыжьыхьым и 22
7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр
11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ)
11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ)
14.30, 17.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр
20.40 «УпщIэ нагъыщэ». Къэзанш Людмилэ иригъэкIуэкI нэтын
21.15 «Тщымыгъупщэн папщIэ»
Гъубж, мэлыжьыхьым и 23
7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр
9.00 «УпщIэ нагъыщэ». Къэзанш Людмилэ иригъэкIуэкI нэтын
9.30 «Макъамэ пощт»
11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ)
11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ)
14.30, 17.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр
20.40 «Литературэм и лъахэ». ШэрыIужь Анатолэ.
21.00 «Зэманым и лъэужь» программэр
Бэрэжьей, мэлыжьыхьым и 24
7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр
11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ)
11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ)
14.30, 17.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр
20.40 «Без фальши». Т/ клуб
Махуэку, мэлыжьыхьым и 25
7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр
9.00 «Нобэ япщэфIхэр»
9.30 «Макъамэ пощт»
11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ)
11.50 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ)
17.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр
Мэрем, мэлыжьыхьым и 26
7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр.
11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ)
11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ)
14.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр
17.30 ЩIыпIэ зэман. Кавказ Ищхъэрэм щыхъыбархэр
20.40 «Вояж» программэр
Щэбэт, мэлыжьыхьым и 27
8.10, 11.10, 14.20 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр
10.05 «Нобэ япщэфIхэр»
10.35 «Макъамэ пощт»
Тхьэмахуэ, мэлыжьыхьым и 28
10.20 ЩIыпIэ зэман. «Тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр»
14.20 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр
ВГТР-к и радио
Блыщхьэ, мэлыжьыхьым и 22
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10
7.25 — 7.45 «Гукъыдэж». Концерт (адыгэбзэкIэ).
7.45 — 8.00 Шаваев Хьэсэн. «Солтан» рассказым къытращIыкIа радиоинсценировкэ (балъкъэрыбзэкIэ).
10.15 — 10.30 Таурыхъхэм я ауз (адыгэбзэкIэ).
13.25 — 14.00 МафIэдз Сэрэбий и «Нэчыхьытх» рассказыр (адыгэбзэкIэ).
Гъубж, мэлыжьыхьым и 23
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10
7.25 КъардэнгъущI Зырамыку. Уэрэдымрэ абы и тхыдэмрэ (адыгэбзэкIэ).
7.45 — 8.00 «ХъыбарIуатэм и пхъуантэ» (балъкъэрыбзэкIэ).
10.15 — 10.30 Кулиев Къайсын. «Сэ удзу сыкъыщыкIащ уи псы Iуфэм».
13.25 — 13.45 Роллан Сеф. «Таурыхъым и IункIыбзэIухыр».
13.40 — 14.00 «ШыкIэпшынэм и макъыр фIыуэ солъагъу» (адыгэбзэкIэ).
Бэрэжьей, мэлыжьыхьым и 24
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10
7.25 — 7.45 Концерт (адыгэбзэкIэ).
7.45 — 8.00 Нартхэм ятеухуа уэрэдхэмрэ хъыбарыжьхэмрэ (балъкъэрыбзэкIэ).
10.15 — 10.30 Казиев Б. «Абы и пшынэм и макъамэ жьгъырур» (балъкъэрыбзэкIэ).
13.25 — 14.00 «Дыщалъхуа жылагъуэр». Балъкъэр Ипщэ къуажэм щыпсэухэм ятеухуауэ (балъкъэрыбзэкIэ).
Махуэку, мэлыжьыхьым и 25
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 10.00, 13.10, 16.10, 18.10
7.10 — 8.00 «Пщэдджыжьым жьыуэ». Нэгузыужь нэтын.
10.15 — 10.30 «И гъащIэм хупыщэ». Лъы зытым и дунейпсо махуэм ирихьэлIэу.
13.25 — 13.50 Кациев Х. «Талисман». Радиоинсценировкэ (балъкъэрыбзэкIэ).
13. 50 — 14.00 КIыщокъуэ Алим. «Бажэмрэ шыкIэпшынауэмрэ» (адыгэбзэкIэ).
Мэрем, мэлыжьыхьым и 26
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10
7.25 — 7.40 Уэрэдыжьхэм я концерт (адыгэбзэкIэ).
7.40 — 8.00 «Ууаз». Диным теухуа нэтын (балъкъэрыбзэкIэ).
10.15 — 10.30 «Республикэм и губгъуэхэм» (адыгэбзэкIэ).
13.25 — 13.45 Журт Биберд. «Мэрэмэжьей» радиоинсценировкэр (адыгэбзэкIэ).
13.45 — 14.00 «Инджылызыбзэр Джэдгъэф Маринэ и гъусэу зыдогъащIэ».
Щэбэт, мэлыжьыхьым и 27
10.10 — 11.00 «Кавказ пшэплъхэр».
12.10 «КъБР: махуэр махуэм кIэлъыкIуэу». ХъыбарыщIэхэр (адыгэбзэкIэ).
12.25 «КъБР: махуэр махуэм кIэлъыкIуэу». ХъыбарыщIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ).
12.40 — 13.00 «Зэгъусэу дыкъоджэ». Бальзак Оноре. «Неведомый шедевр».
Тхьэмахуэ, мэлыжьыхьым и 28
10.10 «КъБР: махуэр махуэм кIэлъыкIуэу». ХъыбарыщIэхэр.
10.25 — 10.50 Дохъушокъуэ И. и «Ахъшэм и бэнэныгъэ» рассказыр (адыгэбзэкIэ).
10.50 — 11.00 Къызэрыфэ пшыналъэхэр (адыгэбзэкIэ).
КъБР-м и радио
Блыщхьэ, мэлыжьыхьым и 22
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00
7.15/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ).
8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ).
8.25/16.05 «ЩIэныгъэм и дунейм — зыплъыхьакIуэ» (балъкъэрыбзэкIэ).
8.45/14.35 «Лэгъупыкъу». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ).
9.00-9.20 «Зэпсэлъэгъухэр» (урысыбзэкIэ).
9.25/18.30 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ).
10.05 «Утыку» (адыгэбзэкIэ).
10.20/16.25 «Макъамэ яхъумахэр» (адыгэбзэкIэ).
10.47/14.50 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ).
11.05/15.00 «Зэныбжьэгъухэм я гушыIэкIэр» (балъкъэрыбзэкIэ).
11.25/15.20 «Уэрэдыр тыгъэ фхузощI». Асановэ Кулинэ (балъкъэрыбзэкIэ).
11.48/15.43 Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ).
12.05/17.30 «Макъамэхэр» (урысыбзэкIэ).
12.25/17.00 «КъехьэкI-нехьэкI зыхэмылъ псалъэмакъ» (урысыбзэкIэ).
14.05 — 14.35 «Дыхьэшхэным и хъуреягъкIэ» (адыгэбзэкIэ).
Гъубж, мэлыжьыхьым и 23
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00
7.15/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ).
7.48/15.43 «Зэхэфха? Флъэгъуа?» Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ).
8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ).
8.25/16.05 «Ди хъугъуэфIыгъуэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ).
9.00/18.05 «Зэманыр, къэхъукъащIэхэр, Iуэху еплъыкIэхэр» (урысыбзэкIэ).
9.25/18.30 «Гукъыдэж» (урысыбзэкIэ).
10.05 «Адыгэхэр: тхыдэр, гъэсэныгъэр» (адыгэбзэкIэ).
10.45/14.45 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ).
11.05/15.20 Балъкъэр цIыхубэ уэрэдхэр (балъкъэрыбзэкIэ).
11.28/15.00 «Школ Iуэхухэр» (балъкъэрыбзэкIэ).
12.05/17.30 «Классикэ макъамэм и концерт» (урысыбзэкIэ).
12.25/17.00 «Сабийхэм папщIэ сыхьэт» (урысыбзэкIэ).
12.45/14.30 «Зи чэзу Iуэхум теухуауэ» (адыгэбзэкIэ).
14.05/16.35 «Макъамэ калейдоскоп» (адыгэбзэкIэ).
Бэрэжьей, мэлыжьыхьым и 24
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ):
7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00
7.15/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ).
8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ).
8.25/15.00 «Къонгуроучукъ». Сабийхэм папщIэ (балъкъэрыбзэкIэ).
8.45/16.22 Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбэкIэ).
9.00/18.05 «Зи чэзу Iуэхум теухуауэ» (урысыбзэкIэ).
9.25/17.30 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ).
10.05/15.45 «Панорамэ» (адыгэбзэкIэ).
10.20/16.32 Концерт (адыгэбзэкIэ).
10.47/14.50 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ).
11.05/16.05 «Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ).
11.22/15.20 «Сэлам алейкум» (балъкъэрыбзэкIэ).
12.05/17.00 «Гъуазджэм и щIыналъэ» (урысыбзэкIэ).
12.35/18.30 «Гукъыдэж» (урысыбзэкIэ).
14.05 — 14.50 «Уэрэдыр и Iэпэгъуу» (адыгэбзэ- кIэ).
Махуэку, мэлыжьыхьым и 25
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ):
7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00
7.15/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ).
8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ).
8.25/16.05 «Дэ къытхуэнар» (балъкъэрыбзэкIэ).
9.00/18.05 «Iуэху нэхъыщхьэм теухуауэ кIэщIу» (урысыбзэкIэ).
9.25/17.30 «Макъамэ Iэмэпсымэ зэмылIэу- жьыгъуэхэм папщIэ ятха пьесэхэр» (урысыбзэкIэ).
9.37/17.42 «Сабийхэм папщIэ сыхьэт» (урысыбзэкIэ).
9.47/17.20 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ).
10.05/14.35 «Динымрэ гъащIэмрэ» (адыгэбзэкIэ).
10.20/16.35 «Уэрэдыжьхэр» (адыгэбзэкIэ).
10.45-11.00 «ДунейгъафIэ». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ).
11.05/15.00 «Лэгъупыкъу» (балъкъэрыбзэкIэ).
11.25/15.20 «Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ).
11.48/15.43 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ).
12.05/17.00 «Макъамэхэр» (урысыбзэкIэ).
12.25-12.45«Дуней тетыкIэ» (урысыбзэкIэ).
14.05-14.35 «Пшыналъэ». Нэгузыужь нэтын (адыгэбзэкIэ).
Мэрем, мэлыжьыхьым и 26
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ):
7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00
7.15/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ).
8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ).
8.25/16.25 «Дыщэ пхъуантэ цIыкIу» (балъкъэрыбзэкIэ).
8.35/15.10 «Уэсылъэ къуршхэм я макъамэ» (балъкъэрыбзэкIэ).
9.00/18.05 «ГъащIэ упщIэ» (урысыбзэкIэ).
9.25/17.30 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ).
10.05 «Эфирыр псоми папщIэ» (адыгэбзэкIэ).
10.25 «ФIыуэ тлъагъу макъамэхэр» (адыгэб- зэкIэ).
10.45/14.32 «Таурхъан». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ).
11.05/15.00 «Гуапагъэмрэ уахътыншагъэмрэ ятеухуауэ» (балъкъэрыбзэкIэ).
11.15/16.05 «Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ).
11.35/15.32 Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ).
11.45/15.42 «Щэнхабзэм теухуауэ» (адыгэбзэкIэ).
12.05/17.00 «Гъуазджэм и щIыналъэ» (урысыбзэкIэ).
12.35/18.30 «Сабийхэм папщIэ сыхьэт» (урысыбзэкIэ).
12.44/18.39 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэ-кIэ).
14.05/16.35 «Ди гъусэу зывгъэпсэху» (адыгэбзэкIэ).
Щэбэт, мэлыжьыхьым и 27
7.00/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ).
7.38/13.38 «Вагъуэбэ» (адыгэбзэкIэ).
8.00/15.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ).
8.25/15.25 «Шаудан». Радиожурнал (балъкъэрыбзэкIэ).
9.00/18.00 «Я гулъытэ нэхъыщхьэр зыхуэгъэзар» (урысыбзэкIэ).
9.25/18.25 «Дыщыпсэу дунейм» (урысыбзэкIэ).
9.45/18.45 «Усыгъэм и сатыр мыкIуэдыжынухэр» (урысыбзэкIэ).
10.00 — 10.30 «Дэрэжэгъуэ». Нэгузыужь нэтын (адыгэбзэкIэ).
10.50/14.50 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ).
11.00/16.00 «Зэныбжьэгъухэм я гушыIэкIэр» (балъкъэрыбзэкIэ).
11.21/16.21 Сабийхэм папщIэ (балъкъэрыбзэкIэ).
11.30/16.30 «Iуащхьэмахуэ и щыгум щыIу уэрэдхэр» (балъкъэрыбзэкIэ).
12.00/17.00 «Гукъыдэж» (урысыбзэкIэ).
12.44/17.44 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ).
14.00-14.50 «Радиотеатр» (адыгэбзэкIэ).
Тхьэмахуэ, мэлыжьыхьым и 28
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ):
7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00
7.00/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ).
7.40/14.40 «Лъэпкъ прозэм и напэкIуэцIхэр» (адыгэбзэкIэ).
8.10/15.10 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ).
8.40/15.40 Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ).
9.00/18.00 «Iуэху нэхъыщхьэм теухуауэ» (урысыбзэкIэ).
9.30/18.30 «Дыщыпсэу дунейм» (урысыбзэкIэ).
9.40/18.40 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ).
10.10/14.10 «Ди зэIущIапIэм» (адыгэбзэкIэ).
10.40-10.58 «Школ Iуэхухэр» (адыгэбзэкIэ).
11.00/16.00 «Ди хъугъуэфIыгъуэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ).
12.10/17.10 «Театрыр микрофоным Iутщ» (урысыбзэкIэ).
13.35 — 14.00 «ЦIыхуитIым зэдыжаIэ уэрэдхэр» (адыгэбзэкIэ).
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "27047.txt"
} |
Зыгъэпсэхугъуэ махуэм
Тхыгъэ кIэщIхэр
Псэууэ лIа
Мэзым щIэс къуалэбзухэм зыкъом щIауэ зэхахыжыртэкъым зи макъыр фIыуэ ялъагъу бзуупцIэм и уэрэдхэр. Сыту пIэрэ къэхъуар, жаIэри кIуащ абы и деж. «Сыт къыпщыщIар, бзуупцIэ цIыкIу? Щхьэ къыумышыжрэ уи уэрэд дахэхэр? Е уи макъыр икIа?» — жаIэу щеупщIым, модрейм жэуап къарет: «Си макъри икIакъым, зы лажьи сиIэкъым. Си уэрэдыр щIыпысчар къашыргъэ ябгэм зэхимыхын щхьэкIэщ. Зэрызэхихыу къэсынурэ къыстеуэнущ, сишхыну. Зэ сыкъыIэщIэкIащ, етIуанэм зэрыхъунур Тхьэм ещIэ». «Ей, хуэмыху, умышынэ, — жаIащ къуалэбзухэм. — Дэ бий димыIэу ара уи гугъэр? ДиIэщ, куэд дыдэ диIэщ. Ауэ абы щхьэкIэ ди уэрэдхэр IэщIыб тщIыркъым. ТщIатэмэ — дымыпсэужым хуэдэт. Умышынэ, упсэуху къиш ину уи уэрэдыр». Абыхэм я чэнджэщым едэIуащ бзуупцIэр.
ЕтIуанэ махуэм къуалэбзум зэхахащ абы и уэрэдыр:
Мэзым щIэс псоми я нэхъ лъэщ,
Захуагъэр, пэжыр зи дамыгъэ,
Губзыгъэу щыIэм нэхъ къахэщ,
Уэрэд щIыжысIэр уэрщ, Къашыргъэ!
«Мис ар хъуащ! — жаIащ къуалэбзухэм. — Абы нэхърэ уи жьэр зэтумыхыу упсэуами нэхъыфIти, бзуупцIэ. Еууей, тхьэмыщкIэ, упсэууэ улIащ».
Псы чэнж щхьэщытхъу
Гъуэгу тет лIыр имыцIыху псыежэх гуэрым нэсат. Псым ар къигъэшынэну хэтт: «Сэ апхуэдизкIэ сыкуущи, си щIэ дыдэри плъагъуркъым, укъысхэмыхьэ — уитхьэлэнкIэ хъунущ!» Ауэ лIыр абы хуэшынакъым, уеблэмэ псым щIэнэкIащ: «Апхуэдиз уи щхьэ сыт щIытеплъхьэр? Сэ сщIэркъэ уэ узыхуэдэр, псыжь цIыкIу! Уи щIэр сымылъагъумэ, ар уэ укуууэ аракъым, атIэ уутхъуащи аращ». ИкIи псым лъэсу зэпрыкIри и гъуэгу пищащ.
Унэ цIыкIум и жэуап
Унэ зэтет къекIур и лъабжьэм щIэт унэ цIыкIум къыхуеплъыхырт, къызэримыпэсрэ ауан къищIу. «Уа, унэжь цIыкIу, — жиIэрт абы, — сыту утеплъэншэ, сытуи ужьгъей! Уэлэхьи, емыкIум сэ унэ уардэм, зэкIужым, зэпэщым уэ пхуэдэ гъунэгъуу сиIэну!»
Ар щызэхихым, унэ лъахъшэр «хьыI» жиIэри дыхьэшхащ. «Ей, си гъунэгъужь, — жиIащ абы, — уэлэхьи, пэжым уэ улъагэри, ууардэри, уэ уэлъытауэ сэ сызэрыфэншэри. Ауэ зэи зыщумыгъэгъупщэ уэ узыщIахэр си пэшхэм щIэсу къызэрыхъуар. Ахэр мыхъуамэ, хэтыт уэ удэзыщIеинур апхуэдэу лъагэу, уардэу?!»
Къагъырмэс Борис.
Псалъэжьхэр
Жейм и щIыхуэ къыптринэркъым
Джэдур дзыгъуэкIэ лIыхъужьщ.
Узыщысхь щыкъур мэкъутэ.
Жейм и щIыхуэ къыптринэркъым.
Пэж жыIэныр нэ ищIыным хуэдэщ.
Зи гур фIым и нэгури фIыщ.
Зым и зэран щэм йокI.
Ин дыдэхэми надэ къахокI.
Махуэ псом зэрагъэпцIар чыцI ажэм икъутэжащ.
Нэщэнэхэр
И щхьэцыр нэхъ кIыхь мэхъу
Унэм ущыщIыхьэкIэ лъапэ ижьыр нэхъапэ щIэшие жаIэрт.
Хуэ зышхым и щхьэцыр кIыхь хъууэ къалъытэрт.
Хьэ къугъым мелыIыч елъагъу жаIэрт.
Хьэдэ зэрыщIалъхьа бел зэIэпахтэкъым.
ХьэкIэ къызытеуам и гугъу ящI жаIэрт.
Цыбэ угъурлыщ, насыпыфIэщ жаIэрт.
Къэхъуа
ФIэщщIыгъуейми,нэрылъагъут
Нобэрей щIалэгъуалэм я дуней тетыкIэмкIэ мыарэзыуэ псалъэмакъ зэхуэмыдэхэр ирагъэкIуэкIыу куэдрэ зэхыбох. Апхуэдэу щытми, псори зы къупхъэм щIэбгъэкIыныр тэмэмкъым. ФIыи Iеи здэщымыIэ щыIэкъым, сыт щыгъуи гъащIэм а тIур щызэхэухуэнауэ къокIуэкI. ГъащIэм и хабзэхэм ящыщ зыуэ къыщIэкIынщ, сыт хуэдэ зэманми нэхъыжьхэр щIалэгъуалэмкIэ мыарэзыуэ щытыныр. Сэ къызэрысщыхъумкIэ, ар лъэхъэнэкIэрэ къыддекIуэкI хьэлщ. Гуапэ зэрыхъунщи, диIэщ къэкIуэнум нэхъыфIкIэ дыхуэзыгъаплъэ щIэблэ, нэхъыщхьэжращи, апхуэдэхэр нэхъыбэщ…
Абы и лъэныкъуэкIэ иджыблагъэ сызрихьэлIа Iуэхугъуэм, нэхъ пэжу жыпIэмэ, сызэдэIуэн хуей хъуа псалъэмакъым куэдым сригъэгупсысащ. Зэхэсхыр зэрызгъэщIэгъуэныр къысхуэщIэртэкъым, апхуэдизкIэ ар си гуапэ хъуати. ЗэрыжаIэу, Iуэхум и пэр умыщIэмэ, и кIэри пщIэркъым. Зы пщыхьэщхьэ гуэрым къалэм икIыу къуажэм кIуэ маршруткэм ситIысхьэжащ. Куэд мыщIэу абы нитIысхьа щIалитIым си щIыбагъымкIэ иIэ тIысыпIэхэр яубыдащ. Уэршэрыр кърагъажьэри, я псалъэмакъыр еджэным хыхьащ. ЩIалэ псыгъуэ къамылыфэр КъБКъУ-м и экономикэ къудамэм щIэст, адрейр, къызэрызгурыIуамкIэ, Москва дэт еджапIэхэм ящыщ зым и студентт. ЩIалэхэр щызэщIэупщIэм жаIахэмкIэ сэ щыгъуазэ сыхъуащ ахэр гъащIэм зэреплъ щIыкIэм. ЖыпIэнурамэ, я гупсысэхэр куут, я мурадхэр дахэт, а къыхаха лъагъуэм адэкIи тетмэ сэ шэч къытесхьэркъым ахэр лъэ быдэкIэ гъащIэм зэрыхэувэнум.
Сэ сыт апхуэдизу гъэщIэгъуэн сщыхъуар жыпIэмэ, тхылъым теухуауэ зы щIалэм жиIарщ. НэхъыщIэхэм я гугъу тщIынкъыми, балигъхэми мащIэщ тхылъыр зи Iэпэгъуу яхэтыжыр. Псоми зэрытщIэщи, нобэ абы и пIэр иубыдащ Интернетым, сыт хуэдэ хъыбарри абы къыщыбгъуэтынущ.
— Еджам хуэдэ щыIэкъым. ЩIэныгъэ убгъэдэлъмэ, уигурэ уи щхьэрэ зэтелъу упсэуфынущ. Мыхьэнэшхуэ иIэщ узыпэрыхьэ Iуэхум фIыуэ хэпщIыкIыным, абы щыгъуэщ ехъулIэныгъэ ущиIэнур. Узэгугъур къогугъуж, жаIэ. Узэджар кIуэдынукъым, ар сытми зэ къыпщхьэпэжынущ. Сэ мы факультетыр къэзухмэ, юрист щIэныгъи зэзгъэгъуэтыну си мурадщ. Дэнэ-тIэ щIэныгъэ къыздитхынур? Ар нэхъыбэу къыдэзытынур мис мы тхылъхэрщ, аращ укъэзмыгъэпцIэнури, — жиIэрт щIалэ къамылыфэм, иIыгъ тхылъым теIэбэурэ.
— Сыт щхьэкIэ? Иджыпсту псори зэхэхауэ къыщыбогъуэт Интернетым, — къыпидзыжащ абы и гъусэм.
— Интернети сиIэщ, ари къызогъэсэбэп, ауэ абы псынщIэу утозашэ. Сэ пщыхьэщхьэм тхылъыр къызэгуэзмыхмэ, зыгуэр къэсщIэну блэзгъэкIам хуэдэу къысщохъу.
— Электрон тхылъхэр-щэ?
— Ари згъэунэхуащ. Тхылъым хуэдэ хъунукъым ахэр. Уи нэр теубыдауэ экраным узэреплъым псынщIэ дыдэу урегъэшри, узэджэри тэмэму уигу пхуиубыдэркъым, гупсысэ кIапэри щIэх-щIэхыурэ пIэщIоху. Тхылъыр — ар нэгъуэщIщ, абы и напэкIуэцIхэм куууэ ухашэ абы къыщыIуэта Iуэхугъуэхэм. Псом хуэмыдэу адыгэ тхылъхэм сыщеджэкIэ, дунеищIэ гуэр къысхузэIуахыу къысщохъу, лъэпкъым и тхыдэм, и хабзэм теухуахэм лъэхъэнэ жыжьэм сыхрагъэшэжыф…
Сэ сащыщщ нобэ къежьа электрон жыпхъэр и лъабжьэу хъыбарыщIэ куэд къыщыпщIэфыну Iэмалхэм япэ тхылъыр изыгъэщхэм. СфIэфIщ пщыхьэщхьэкIэрэ тхылъ седжэну, щхьэусыгъуэ гуэрхэмкIэ ар къэзмыщтэу зэман гуэр дэсхамэ, абы сыхуэныкъуэу сохъу. Арауэ къыщIэкIынщ псалъэмакъыр гукъинэ щIысщыхъуари… Иджы… хэт тхылъ еджэжыр щыжаIэкIэ, апхуэдэхэр зэрыщыIэр, уеблэмэ ди щIалэгъуалэм зэрахэтыр, дяпэкIэ сэ шэч къытезмыхьэу схужыIэнущ.
Тхьэхущынэ Ланэ.
ЖыIэгъуэхэр
Мурадыр къомыхъулIэу, зыхуэдэр пщIэнукъым
Зэм дунейр тхурикъуркъым, зэм зыри дыхуеижкъым.
Зэман зи куэдыр цIыху кIуэдащ.
Зэманыр зэрыбгъэкIуэну щIыкIэм ухуитщ, ауэ къыпхузэтегъэувыIэркъым.
Зи нобэр мыщIагъуэжым и дыгъуасэр къыдрегъэжей.
ЗызыдебгъэкIунури Iумпэм пщIынури пщIэжын хуейщ: апхуэдэщ зэманри.
КъэкIуэну зэманым зыхуэныкъуэр къегъэщIыж.
КъуэкIыпIэмкIэ пшэкIэплъ къищIу хуежьамэ, жэщ вагъуэхэр фагъуэ хъунущ.
ЛIы закъуэ лъагъуэм гъуэгум ухуимышэмэ, щIым и пцIанапIэм укъренэ.
Нобэр дыгъуасэмрэ пщэдеймрэ я зэхуэдитIщ.
ЦIыхур зыхуэкIуэнур и кIуэкIэм къыбжеIэ.
ЦIыхушхуэм и лъэужьым памыщэфмэ, ари хокIуэдэж.
Ажалым зэхэщIыкI гуэр иIэу щытамэ, нэфI-ней щIыхэлъын щыIэт.
ГъащIэри махуэ къэс нэхъ балигъ хъу хуэдэщ: балигъ хъуар жьы хъуркъэ, жьы хъуам и уахътыр къэсыркъэ?
Зы дэ жыгым къыпокIэ купщIафIэри кунэфри – и къарур зэрыхурикъущ.
Мурадыр къомыхъулIэу, зыхуэдэр пщIэнукъым.
УимыIагъэххэм нэхърэ пIэщIэкIри нэхъыфIщ.
ЦIыхур куэдым къыхуигъэщIащ, ауэ гушыIэр къыщIигъэщIар джэгуакIуэ Iущым и закъуэщ.
Щхьэж къыхуэгъащIэ и гъащIэщ.
Дыхуеижынущ, жаIэурэ лейр зэхуалъэфэс, сыту тщIыжын, жаIэурэ зыхуэныкъуэжынур хыфIаутIыпщхьэ.
ЦIыхум фIэкIуэду къызэлым хуэдиз фIэбубыдмэ, ихьыни.
Бейтыгъуэн Сэфарбий.
ДАХ-м и Советым и лэжьыгъэр иухащ. ХьэщIэхэмрэ бысымхэмрэ зэгъусэу загъэпсэху. Шапсыгъ щIыналъэ. 2004 гъэ, фокIадэм и 27
ГушыIэ
НэхъыфIу илъагъур
Я деж уэршэракIуэ къекIуэкIа гъунэгъу фызыр щIалэ цIыкIум йоупщI:
— Хэт, Емынэжь цIыкIу, нэхъыфIу плъагъур? Мамэ?
— АIэ.
— НтIэ, папэ?
— Хьэуэ.
— Хэт-тIэ?
— Уипхъу Мадинэ цIыкIущ!..
Гупсысэр — псалъэкIэ
Зеикъуэ жэщхэр
ФщIэуэ пIэрэ фэ зеикъуэ жэщхэр?! Уоу, фэ фщIэркъым зеикъуэ жэщхэр! Уафэгу гъунапкъэншэм къиплъыкI мазэм дыжьын нуру щIым зытреубгъуэ. Хьэуар къабзэщ, салъкъыныр гум деху, епэрымэ зэхэшахэри Iум щабэу йотIысхьэ. Тхьэ жэщщ! Удэзыхьэх жэщщ!
Заущэхуащ мэзхэм, жэщым и жьауэм щIыхьащ. Щэхущ икIи сабырщ псыIущIэ цIыкIухэр. Псы щIыIэ хуэфIыцIафэр нэщхъейуэ щыгъэрщ жыг щхъуантIэхэм я куэщIхэм. ЦIыхуIэ зэмыIуса хъумбылейхэмрэ балийIэрысей Iувхэмрэ я лъабжьэхэр хуашиящ псынэ салъкъынхэм, я тхьэмпэхэр зэзэмызэ жьым щIеупскIэ, языныкъуэми жэщ акъужь щэхурыпхъуэм абыхэм запщIыхедзэ. Ихъуреягъ псори мэжей! Щощхьэукъуэ бгы лъапэм къуажэр. Ауэ, ищхьэмкIэ, уафэгур нэхуу маблэ, вагъуэхэр къоцIу. Тхьэ жэщщ! Удэзыхьэх жэщщ!
Арыххэу псори къопсэуж — мэзхэри, псы IущIахэри, губгъуэхэри. Нэхэр зрамыгъэплъу кIыфIым зыкъыхабзыкI унэ уардэхэм. Къреш зеикъуэ бзум и уэрэдыр, къыпщохъу абы дуней псор щIэдэIуу. ЩIыналъэ телъыджэщ, удэзыхьэхщ!
ДЖЭДГЪЭФ Аслъэмырзэ.
Псалъэзэблэдз
ЕкIуэкIыу: 5. Гъэш, псы хуэдэхэр зэрызэрахьэ, зэрахъумэ кумбыгъэ. 6. Къуаншагъэ зылэжьа цIыху. 7. Пщэ гъум. 9. «Сосрыкъуэу ди къаныр … Хасэм щынэсым, уафэр зэщIогъуагъуэ, щIылъэр зэщIозджызджэ». 12. Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм я щIыналъэхэм щыIэ псыежэх. 13. Уэшх … къошх е цIыху … . 15. Къуалэбзухэм, джэдкъазым я дамэм тетщ. 16. Щыхь лъэпкъ. 17. Нартыху, ху хьэжыгъэхэм, къундэпсом, шатэм къыхащIыкIыу щыта адыгэ шхыныгъуэ. 20. Гъэгъахэр хужьу, Iэрамэ дахэу къызыпидзэ жыг. 21. Мынэхъыжь, мынэхъыщIэ. 26. Адыгэ таурыхъхэм узыщрихьэлIэ цIыху домбей. 28. Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужьу цIыхуищ къызыдэкIа къуажэ. 29. Сабий цIыкIу хьэпшып. 30. ПщIий къызыпыкIэ жыг. 31. Мы гъэм зи ныбжьыр илъэс 70 ирикъу адыгэ усакIуэ цIэрыIуэ. 34. А хадэхэкIым и процент 97-р псыщ. 39. ЗэрымыщIэкIэ Iэщ ирахужьэмэ, хъыджэбз ирахьэжьэмэ кIэлъыщIэпхъуэ гуп. 40. Налохэ Ахьмэдхъанрэ Зауррэ а псым и Iуфэм къыщыхъуащ. 44. Махуэ Билал дунейпсо Олимп зэхьэзэхуэм жэз медаль къыщихьа къалэ. 46. ЩIэгъэкъуэн. 47. Пщым и IуэхутхьэбзащIэ, зекIуэ ежьэмэ, и шу гъусэ. 48. Америкэм зэIищIа, лей щызэрихьа хьэрып къэрал. 50. Дин Iуэхум нэхъ куууэ хыхьэн хьисэпкIэ Сауд Хьэрып къэралыгъуэм щыIа цIыху. 5I. «Шы … лъэ псыгъуэм бгъукIэ зыпезгъэхыурэ унэм изохулIэ» — Къэжэр Индрис и уэрэд цIэрыIуэм щыщщ. 52. Къэбым … кIыхь идзащ. 53. ЩIым гъуэ куу къыщизытхъу, хьэпIацIэ зи шхыныгъуэ псэущхьэ цIыкIу. 54. ЩIы … е зыгуэрым и Iыхьэ мащIэ.
Къехыу: 1. Былымаблэ, мылъкукIэ иримыкъу. 2. Адыгэм къыхэкIа уэрэджыIакIуэ нэхъ Iэзэ дыдэхэм ящыщ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ артист. 3. Iэщхэм я тхьэу къалъытэу щыта. 4. Зи кIуэцIым жьы ириубыда псы ткIуэпс. 7. Къэбэрдей-Балъкъэрым и жылагъуэ палатэм и унафэщIымрэ егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министрымрэ я цIэр фщIэрэ? 8. Бдзэжьей лIэужьыгъуэ. 10. Адыгэ драматург цIэрыIуэ. 11. … къыстехьауэ сокIэзыз. 14. Пхъэ сахуэ. 18. ЩIыпIэ хуабэхэм къраш пхъэщхьэмыщхьэ. 19. Фадэ гуащIэ. 20. ЦIыхубз щыгъын. 22. Шатэ, тхъуцIынэ гъэвэжам я дагъэ. 23. Къаугъэ иращIэкIын мурадкIэ къэгубжьауэ нэгъуэщI унагъуэ зэрыщIэлъадэ. 24. ЛъагапIэ. 25. Бзылъхугъэ ныбжьыщIэ. 27. Жьэ бзаджэ зыщIэт. 29. Гъавэ, ерыскъыпхъэ хъумапIэ. 32. ТхъуцIынэ щIэпхумэ къанэ псыр. 33. Ди щIыналъэм щыкуэд къуалэбзу. 35. Пхъэм къыхэщIыкIа бжэмышхышхуэ. 36. ГъэшхэкI. 37. Революцэ нэужьым Къэбэрдей-Балъкъэрым и япэ унафэщIу щыта. 38. Хамэ къэрал щыпсэу адыгэ кинорежиссер, продюсер, уэрэдус, тхакIуэ. 41. ХадэхэкI. 42. Дыщэм нэхърэ нэхъ лъапIэ гъущIхэкI. 43. Языныкъуэ пхъэщхьэмыщхьэхэм я кум илъщ. 45. ГъавэхэкI. 47. ЗыкъыпкIэрызыщIэ удз. 49. Фидель Кастрэ Рус илъэс 40-м щIигъукIэ щыунафэщIа къэрал. 50. Хабзэншагъэ зылэжьахэм я тезырыр нэхъапэм щапшыныжу щыта мащэ куу.
Зэхэзылъхьар
Мыз Ахьмэдщ.
Мэлыжьыхьым и 13-м ди газетым тета
псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
ЕкIуэкIыу: 5. Малъхъэ. 8. Танэ. 9. Фэбжь. 10. Шэджэм. 13. Нау. 14. Алъп. 17. Щай. 18. Епэр. 20. ХьэукI. 22. ХущIэ. 26. Хьэлыуэ. 27. Гудзэ. 28. ШэсыпIэ. 29. ЩIэп. 31. Iулъхьэ. 33. Бжьэф. 35. Уае. 37. Бел. 38. Уэм. 40. Уардэ. 43. Ерыщ. 44. Испы. 5. ЩIыунэ.
Къехыу: 1. Шатэ. 2. Ахъшэ. 3. Атэбий. 4. Къунан. 6. Лэгъуп. 7. Бжьыныху. 10. Шухьэ. 11. Джей. 12. Матэ. 15. ПщыхьэщIэ. 16. Уэрэзей. 19. Пшэплъ. 21. Уашхэ. 23. Сыдж. 24. Бдзы. 25. Усэ. 30. Пхъэхуей. 32. Хьэлу. 34. Жьауэ. 35. Уэрдыхъу. 36. Къыр. 37. Бжьын. 39. Мест. 41. Амыщ. 42. Данэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "27049.txt"
} |
Напэр псэм япэ
Налшык къалэ дэт курыт школ №30-м щIэблэр гъэсэным хуэунэтIа лэжьыгъэ купщIафIэ щрагъэкIуэкI. ЕгъэджакIуэхэр хущIокъу щIэблэр псэкупсэу, къызыхэкIа лъэпкъым и тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ щыгъуазэу, хабзэрэ нэмысрэ яхэлъу къызэрагъэтэджыным. Абы къыхэкIыу мы школым щIэх-щIэхыурэ щрагъэкIуэкI ныбжьыщIэхэм я къэухьым зезыгъэужь, я творческэ зэфIэкIым хэзыгъахъуэ зэхыхьэ гъэщIэгъуэнхэр. Абыхэм ящыщ зыщ Сэбаншы СэIимэт иджыблагъэ зэхиша «Напэр псэм япэщ» зэIущIэр.
Утыкум щекIуэкIым псори дихьэхат.
ХьэщIэхэмрэ еджакIуэхэмрэ.
115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм теухуауэ зэхуахьэсахэр.
ЕджакIуэхэр усэ къоджэ.
Пшыхьым хэтыну еджапIэм къахуеблэгъат «Горянка» газетыр къызэзыгъэпэща, илъэс куэдкIэ абы и редактор нэхъыщхьэу щыта Сэбаншы Розэ, Профсоюзхэм я Къэбэрдей-Балъкъэр физкультурэ-спорт зэгухьэныгъэм и унафэщIу илъэс 18-кIэ лэжьа Шыд Хъусен, КъБКъУ-м и егъэджакIуэхэу КъуэщIысокъуэ Александррэ Хьэтыхъу Владимиррэ, «Iуащхьэмахуэ» журналым жэуап зыхь и секретарь Джэрыджэ Арсен сымэ.
— Ихьэжми Хьэршым, хэкIуэдэжми
щIыпцIэм,
Адыгэр зи цIэм къыпэщылъщ
къалэн:
Тетыху мы дунеижьым, итми и псэ,
Сыт къэмыхъуами — напэр
химылъхьэн.
Къалэнщ «и адэжь хуэфащэт»
пхужаIэну,
«И лъэпкъ и щIыхь еIэтыр» зэхэпхын.
Уи напэр къабзэу адыгэгу зепхьэну,
Уи щIыхь умыгъэпуду уи псэр птын.
Адыгэр цIэуэ зепхьэм урипагэу
Iэтауэ уи щхьэр гъащIэм урикIуэн.
Дунейм пэпщIын темыту адыгагъэм
Лъэпкъ и щэнхабзэ дахэр
бгъэбэгъуэн.
Апхуэдэу мы зэман губжьам
зы лъагъуэ
Мыгъуащэу, лъагъуэ пэжу яубащ.
И гъуэгущ адыгэм ар, ижыху и вагъуэ,
КъежьапIэр напэщ, и кIэри аращ, — а усэмкIэ къызэIуихащ зэIущIэр еджапIэм и унафэщI Темыр Ларисэ. — Мы усэ сатырхэрщ занщIэу сигу къагъэкIыжар нобэрей пшыхьым фIэщыгъэ хуэхъуа «Напэр псэм япэщ» псалъэ Iущхэм. Нобэрей пшыхьыр теухуащ ди мамыр гъащIэм и хъумакIуэ нэсу зыкъэзыгъэлъэгъуахэм, хэкум къихьа зэрыпхъуакIуэхэм къэмылэнджэжу япэщIэува щIалэхэм. Абыхэм ящыщ куэдым зы медани зыщIэмыгупсысыжу я псэр щIатащ я хэкум и щхьэхуитыныгъэм, я щIэблэм и къэкIуэну дахэм. Апхуэдэ лIыхъужьхэрщ «Напэр псэм япэщ» псалъэжьыр зыхужаIар.
АдэкIэ утыкур хуит хуащIащ еджа-пIэм и гъэсэнхэм. ЗэIущIэр езыгъэкIуэкIа еджакIуэхэу Гуэнокъуэ Алимрэ Бэрэгъун Заирэрэ зауэ тхыдэм и гъуэгуанэм драгъэплъэжащ. ЕтIуанэ дунейпсо зауэр лIыхъужьыгъэкIэ гъэнщIа ди тхыдэм и зы Iыхьэшхуэу зэрыщытыр къыхагъэщри, 1941 гъэм мэ-къуауэгъуэм и 22 махуэ шынагъуэр ди къэралым щыпсэу дэтхэнэ зы цIыхум и дежи гуимыкIыжу зэрыщытыр жаIащ. Ар икIи пэжщ. А махуэм щегъэжьауэ нобэр къыздэсым илъэс 70-м щIигъу дэкIыжами, абы и Iэужьыр зылъэмыIэса зы унагъуи щыIэкъым…
— Махуэ 1418-кIэ ди зауэлIхэм лIыхъужьыгъэшхуэ къагъэлъагъуэу щIэбэнащ цIыхубэм и щхьэхуитыныгъэм, ди гъащIэр хуиту, мамыру етхьэкIыным, нобэрей щIэблэр насыпыфIэу дыпсэуным, — жаIащ ныбжьыщIэхэм. — Абыхэм я фэеплъ нэхур тхъумэныр дэтхэнэми ди къалэнщ.
Хэку зауэшхуэр ди къэралым и текIуэныгъэшхуэкIэ зэриухам Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIалэ хахуэхэм я гуа-щIэшхуэ зэрыхэлъым, лIыхъужьыгъэкIэ ди лъэпкъыр зэрыуардэр абдежми наIуэ къызэрыщащIам тепсэлъыхьащ еджакIуэхэр. Ди лъахэм икIахэм ящыщу Совет Союзым и ЛIыхъужь хъуахэм я цIэхэр кърабжэкIащ икIи абыхэм зэрахьа лIыгъэм, къагъэлъэгъуа хахуагъэм зэрыщыгъуазэри наIуэ къа-щIащ.
ЕджакIуэхэр тепсэлъыхьащ ди республикэм нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм щызэрахьа лейм, зауэлI 3287-м ди щIыналъэм и щхьэхуитыныгъэм я псэр зэрыщIатам. Щыгъуазэт ахэр Сталинград деж щекIуэкIа зэхэуэ гуащIэм, Сальск губгъуэм ди къэралым щыпсэу лъэпкъ зэхуэмыдэхэм къахэкIа щIалэ куэдым я лъы хей зэрыщыжам, а щIыпIэм 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шууей дивизэм и зауэлIхэм щызэрахьа лIыхъужьыгъэм.
— Гум имыхужынщ Сталинград деж щекIуэкIа зауэм ди къэралым и зауэлIхэм щызэрахьа лIыхъужьыгъэр. Ди къэралышхуэм щыпсэу лъэпкъ псоми я лIыкIуэхэр хэтащ а зэхэуэ гуащIэм. Яхэтащ абыхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщхэри: ахэр 115-нэ шууей дивизэм и зауэлIхэрщ. 1942 гъэм мэкъуауэгъуэм и 27… А махуэм я сэшхуэ маисэр къихауэ Сальск губгъуэм зыщизыча Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэр Iууащ жыр танкхэмкIэ зэщIэузэда биидзэм. Щелъэлъэхащ абдеж къэбэрдей, балъкъэр шууей куэд. Танкхэм къела ди шууейхэм уафэр зыуфэбгъуа нэмыцэ кхъухьлъатэхэм кърадзых бомбэм Iисрафыр къахилъхьащ. Дауэ мыхъуми, къригъэкIуэтакъым ди зауэлIхэр зыIууа гу-гъуехь псоми. Жэщ-махуэ 200-кIэ ди дзэ хуэмыщIар Етхуанэ нэмыцэ армэм пэщIэтащ. Сталинград и Iэхэлъахэм, КIыщокъуэ Алим зэрыжиIащи, Мартыновкэ деж щыкъутат 115-нэ шууей дивизэм и налыр… — зэпадзыжу къаIуэтэжырт еджакIуэхэм Сталинград деж щаубла зауэ гуащIэр зэрекIуэкIар.
115-нэ шууей дивизэм хэта зауэлI куэдым я цIэ-унэцIэхэр къраIуащ еджакIуэхэм, языныкъуэхэм зэрахьа лIыгъэм кIэщIу тепсэлъыхьащ. Абыхэм ящыщт а махуэм къахуеблэгъа хьэщIэхэу Сэбаншы Розэ и адэ Къаншумэсрэ Шыд Хъусен и адэ Ибрэхьимрэ.
Хэкум папщIэ зи псэ емыблэжахэм яхуэгъэза псалъэ гуапэ куэд щыжаIащ пшыхьым, абы иджыри нэхъыбэж къыпхупыщэнущ, абыхэм я пщIэр лъагэщ, я щIыхьыр мыкIуэдынщ.
Хэку зауэшхуэм хэта псоми я фэеплъу КIыщокъуэ Алимрэ ХьэIупэ ДжэбрэIилрэ зэдатха «Телъхьэ уанэр си шым» уэрэдыр жиIащ Багъэтыр Астемыр. Зауэм теухуауэ яуса «Мазэхэ жэщ», «Танкистищ» «Бахъсэн» урыс уэрэд цIэрыIуэхэр хэт зэхэзмыхар?! Ахэри щыIуащ мы пшыхьым… адыгэбзэкIэ. Иужьрей уэрэдитIым я купщIэр зыкIи яфIэмыкIуэду зэридзэкIащ егъэджакIуэ Сэбаншы СэIимэт. Утыкум ахэр дахэу щагъэIуащ еджакIуэ цIыкIухэу Къул Лианэ, Лосэн Мурат, Къардэн Рэмэзан, Темрокъуэ Рустам сымэ.
НыбжьыщIэхэр гъэхуауэ къеджащ усакIуэхэу КIыщокъуэ Алим, КIуащ БетIал, Къагъырмэс Борис, Бицу Анатолэ, Гъубжокъуэ Лиуан, Джэрыджэ Арсен сымэ Хэку зауэшхуэм теухуауэ ятхахэм. Хэкум, напэм теухуауэ ящIэ псалъэжьхэр кърабжэкIащ. Усэхэм, уэрэдхэм щыпхрыша гупсысэ нэхъыщхьэр еджакIуэхэм нэсу къазэрыгурыIуэм и щыхьэтт абыхэм хуагъэхьэзыра теплъэгъуэ кIэщIхэр.
Хэкум мамырыгъэ илъмэ, гуфIэгъуэр щытепщэщ. Адыгэм и гуфIэгъуэр зыгъэдахэр уэрэдрэ къафэрэщ, хъуэхъу дахэрщ. Мыбдежми ныбжьыщIэхэм я зыкъэгъэлъэгъуэныгъэр зэхуащIыжащ Хъуранхэ Алихъанрэ Миланэрэ ягъэзэщIа уэркъ къафэмкIэ, Хъущт Аделинэрэ Къуныжь Каринэрэ къызэхуэсахэм зэрызыхуагъэза хъуэхъумкIэ.
— Нобэрей фи зэIущIэм си гуапэу зыкърезгъэхьэлIащ, — жиIащ Сэбаншы Розэ. — «НэхъыжьыфI зимыIэм нэхъыщIэфIи иIэнукъым», — жеIэ псалъэжьым. Иджыпсту утыкум ита сабийхэр яхуэфащэщ абыхэм я мамыр гъащIэм папщIэ зи псэр зыта я нэхъыжьыфIхэм. Апхуэдэ щIэблэ дызэриIэр куэдкIэ зи фIыщIэр тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ ящIэу ахэр къызэрытэджыным хущIэкъу фэ егъэджакIуэхэращи, Тхьэм адэкIи фригъэфIакIуэ. ЩIалэгъуалэр фIы щыхъунур я нэхъыжьхэм я жьауэм щIэтмэщ, абыхэм я щапхъэм щIапIыкIмэщ.
115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шууей дивизэм хэтащ щIалэ 5500-рэ. Абыхэм ящыщу къэзыгъэзэжар миным щIигъурщ. Мыдрейхэм я щхьэгъусэхэр фызабэу, сабийхэр адэншэу къэнащ. Быным и IэфIыр зэхащIэну хунэсакъым а щIалэхэм. Я щIэблэм и къэкIуэну дахэм я псэр щIатащ, ауэ, нэхъыщхьэращи, я пщIэр кIуэдакъым, зэхащIыкIащ щIалэгъуалэм абыхэм зэрахьа лIыгъэр.
Сэбаншы Розэ еджапIэм и библиотекэм тыгъэ хуищIащ езым къыдигъэкIа «Женское лицо Кабардино-Балкарии» тхылъым щыщ зыбжанэ.
— Нобэрей ди зэхуэзэм мыхьэнэшхуэ иIэу къызолъытэ, — къыпищащ псалъэмакъым Шыд Хъусен. — Зи блэкIар зымыщIэм къэкIуэн зэримыIэр зыхащIэу егъэджакIуэхэр я лэжьыгъэм зэрыпэрытыр гуапэщ. Абыхэм я щIэблэм гъащIэм гъуэгу пэж зэрыщыхашыжыфынум шэч къытесхьэркъым. Нобэ мыбдеж щыслъэгъуахэм си адэм сыхуэза хуэдэу си нэгу къыщIагъэуващ. Сэ сыцIыкIут ар зауэм щыIухьам, пэжыр жыпIэмэ, фIыуэ сщIэжыркъым. Сэ схуэдэу зауэ гущIэгъуншэм адэншэ ищIахэр куэд дыдэ мэхъу. ЦIыхугъэр псом я лъабжьэу къызолъытэ сэ. Мис ар зыхэфщIэу, фи хабзэрэ нэмысрэ фIыгъыжу, фIы зэрыфщIэным фыхуэпабгъэу, щIэныгъэ лъагэ зэвгъэгъуэтарэ лъэпкъыр зэрыгушхуэн цIыху нэс дэтхэнэри фыхъуну сыфхуохъуахъуэ.
ЩхьэщэмыщI Изэ.
Сурэтхэр
Джэрыджэ Арсен трихащ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "27053.txt"
} |
Тобэ къызохьыж
Бейтыгъуэн ХьэIишэт
ГъащIэ теплъэгъуэхэр
(КIэлъыкIуэр. ПэщIэдзэр №70-м итщ).
— Мамэ, сытым укъыхэщIыкIа уэ?! Дауэ сыпшыныжыну бын гуэныхьышхуэ къыстехуар? – Алим щыжиIэм:
— Зы мэскъал си гуэныхьу птелъкъым, си щIалэ. Мы дунейм фIыгъуэу щызиIар уэ зы закъуэрщ. Адэ-анэ гулъыти, анэкъилъху дэIэпыкъуэгъуи, щхьэгъусэ тынши сиIакъым. Алыхьышхуэм къызита гъащIэмкIэ сыарэзыщ. Гукъеуэу уиIэр си пащхьэ къини, кIуэж уи пэшым. Сэ зыгуэрурэ зэзгъэзэхуэжынщ а къысхущIэбнэ Iуэхугъуэхэр, псори тэмэм хъужынщ. УкъыщызгъэпцIа зэгуэрым къэхъуа, си щIалэ? Нобэ адрей псоми я лейуэ укъызогъэгугъэ, сыт хуэдэ Iэмал хэслъхьами, уи уна-гъуэр зэрызгъэбыдэжын яужь ситыну. Апхуэмыдэ куэд ешэчыф цIыхум, аращ цIыхуфэр быдэщ щIыжаIэр.
Хужьпагуэ иджыри зэ быдэу IэплIэ и къуэм хуищIщ, щIигъэкIыжри сабийхэм еджащ.
Алим и анэм деж щыщIыхьам и псэм телъа хьэлъэр, пэж дыдэу, пэшым къыщIинами ярейт. Унэшхуэм щIыхьэжри, шэджагъуэжей зыщI и щхьэгъусэм зэманкIэ щхьэщытащ. А тIум я кум IэфIрэ дахэу дэлъахэр а дакъикъэм и нэгу къыщIигъэхьэжри, щхьэгъусэм и щхьэм щабэу Iэ дилъащ. Симэ ар зыхищIащ икIи псынщIэу къызэфIэтIысхьащ.
— А, укъэсыжа? Шэджагъуашхэр хьэзырщ. КIуэ шхэ. ЗанщIэу удэкIыжыну хьэмэрэ тIэкIу зыбгъэпсэхуну? — зыкъыхуигъэзащ пщэдджыжьым псалъэ бзаджэхэр зыкIэлъиутIыпщурэ дигъэкIа и щхьэгъусэм.
— Уэлэхьи апхуэдэуи сымымэжалIэ, ауэ уи Iэ дахитIымкIэ къызэптамэ зыгуэр сшхыфынт, — жиIащ и анэм «дахэм дахэ къешэ» къызэрыжриIэрейр игу къэкIыжри.
— Си Iэ дахитIым ящIа шхынщ, ауэ уэри мыцIыкIуу IэшхуитI уиIэщи, абыхэмкIэ къащти шхы, — жиIэри зигъэукIуриижащ.
Мыпхуэдэ цIыху ерыщым упэщIэувэкIэ зыри къызэримыкIынур хьэкъыу зыпхыкIа щIалэр мыпIэщIэну мурад ищIащ. Япэ щIыкIэ езы Симэ зыхуейуэ къыхуигъэува Iуэхугъуэхэр хуигъэзэщIэну, хуэмурэ езым игу ирилъхьахэри пхигъэкIыну триухуащ. Армырамэ и бынищыр фIэкIуэдынкIэ хъунут, абы и мызакъуэу и гум тепщэ щыхъуа лъагъуныгъэм хуэдэ етIуанэу пхузэмыгъэгъуэтыжынри хэлът. Бэшэчагърэ Iущыгъэрэ зыхэлъ Алим зыхущIегъуэжын пIэщIэгъуэкIэ илэжьынутэкъым.
Сыту куэди къытхуишэчрэ, куэдыщэми дыхуигъазэрэ ди Тхьэшхуэм?! ЗыщIэхъуэпсу щыта унагъуэр иджыпсту иухуэн хуейуэ къыпэщылътэмэ, мы пщащэр щхьэгъусэ ищIыну и пщIыхьи къыхигъэхьэнтэкъым. НэгъуэщI лъэныкъуэкIэ уеплъмэ, и щIалищ — Iэнэ лъакъуищыр-щэ?! Абыхэм егупсыса, тIэкIурэ ядэджэгуа нэужь, Алим и гур зэгъэжт. ЩIалэ нэхъыжь цIыкIур езым ещхьыркъабзэу фIы дыдэу еджэрт, унагъуэми дэIэпыкъуэгъу нэс щыхъут. И анэм нэхърэ и анэшхуэр нэхъыфIу илъагъуу пIэрэ жыпIэну Хужьпагуэ яужь итт Астемыр, махуэ псом унэмрэ пщIантIэмрэ зыгуэрхэр щищIэу. ЛIыжь цIыкIум ещхьу, сыт хуэдэ унэ Iуэхуми зрипщытырт. «Тхьэ ухэмыхъуэу укъысхуэнэнум уэ цIыкIужьейр, мы хьэлъэхэр къыумыIэт», — жиIэурэ махуэм хуэзэу зыбжанэрэ Хужьпагуэ ар лэжьыгъэ гуэрхэм къыпэришыжырт. Ар къэгъэнауэ щIалэ курыт Аслъэни куэдымкIэ сэбэп хъуну хущIэкъурт. Псом нэхърэ а цIыкIум нэхъ и кIуапIэр жэмэщырт. Абы щIэт шкIэ цIыкIумрэ фIыуэ зызыужьа танэмрэ мыувыIэу шхалъэм мэкъу яхудидзэт, джэдкъазми щIэчэ имыIэу нартыху яхурикIутырт. Абыхэм якIэлъыплъ Хужьпагуэ гузавэу, абы щыгъуэми гуфIэгъуэм зэщIиIэтэу жэщ къытехъуэрт.
ЩIалэ ещанэ Алихъани и къуэш цIыкIухэр здэщыIэ унэмкIэ зыкъринэу щIидзащ. Махуэ псом абыхэм яужь иту къижыхьурэ пщыхьэщхьэм и анэм щриджэжкIэ псынщIэ дыдэу кIуэжу щытамэ, иджы щIэх-щIэхыурэ и анэшхуэм бгъэдэлъадэурэ елъэIурт и гупэ хигъэлъыну. Хужьпагуэ ар и гуапэ хъурт, ауэ Симэ жиIэнур къыхуэмыщIэу, шэми шхуми исырт. Зы пщыхьэщхьэ гуэрым Алим къыдыхьэжащ и нанэм и бостей кIапэр Алихъан быдэу иIыгъыу, Симэ ар къыкIэричыну къеIэу. НысащIэр апхуэдизу ерыщ екIуати, сабийм и Iэр къыпичынущ жыпIэнт. Алим пщIантIэм къызэрыдыхьэжу, щIалэ цIыкIур къипхъуатэщ, и щхьэгъусэм къеджэри унэмкIэ иунэтIащ.
— Уэращ мыхэр делэ зыщIыр! — Симэ и гуащэм жьэхэлъэри, Алим яужь иуващ. Хужьпагуэ IейкIи-фIыкIи зы псалъэ и жьэм къыжьэдэкIакъым, ари адрей гущIыхьэ куэдым яхигъэпщкIуэжащ. Сыт и мыхьэнэт а шейтIаныр зи тепщэ цIыхубзым зыгуэр жепIэкIэ. Тхьэшхуэм фIэкIа ар и пIэ изыгъэувэжыфын дунейм теттэкъым.
Алим сабийр унэм щIихьэжри, и щхьэгъусэм къыпежьащ:
— Симэ, си псэ, мы дунейм щызиIэ нэхъ фIыгъуэшхуэ дыдэ. СынолъэIу ди бынхэм уемыгуэуэну. ЩреIэ мыри, адрей и къуэш цIыкIухэм я гъусэу, си анэм и унэм. Уэ лэжьэн щIэдзэжи, япэм хуэдэу псоми уакъыхэлыдыкIыу пэрыувэж уи IэнатIэм. Мес, щIалэ нэхъыжьитIыр дэIэпыкъуэгъу хъуащ, Алихъани зыхуейр зрегъэгъуэтыф…
— Фи мэ зыщыуам псоми зывогъэгъуэтыф фызыхуейр, сэращ мыбы кIэфIей хъужауэ къыдэнар, — Алим жиIэнур иримыгъэухыу Iэпиудащ щхьэгъусэм. — Хъунщ, ирекIуэ, и хьэпшыпхэри къыздрещти. Сэ унитIым я кум ситыфынукъым абыхэм къакIэлъызжыхьу. Зригъэсахэщи, иджы фIымэ иреплъ абыхэм къалэн яхуэщIэныр. Абы зы къуэ закъуэщ ипIари, щыми апхуэдиз гугъуехь фIэкIа япымыщIауэ къыщыхъу къыщIэкIынщ, мыхэр щхьэфIэхищ зэрыхъур куэд мыщIэу къыгурыIуэнщ. КIуэ, Iуш мыр, и нэкIу нэпсым зэхицIэлар сумыгъэлъагъуу, — губжьауэ и къуэ цIыкIум Iуплъащ.
Алим сабийр къищтэри, и анэм дежкIэ ихьащ, щIалэ цIыкIур анэм и жьэ бзаджэм пэIэщIэ ищIмэ нэхъ къищтэу. Адрейхэр, Тхьэм и фIыщIэкIэ, куэд щIауэ псалъэ ды-джым дэтэджтэкъым икIи дэгъуэлъыжтэкъым. Псори зэхэзыхыр мы иджыри къызыгурымыIуэIа, ауэ IэфI, гуапэ къэзылъыхъуэ сабий тхьэмыщкIэрт. Езы Алимти, нэхъыбэм мышхэххэу пщэдджыжьым дэкIырти, жэщ хъуху къекIуэлIэжтэкъым, Симэ и жьэм зыпэщIимыгъэхуэн щхьэкIэ. Алихъан цIыкIуи иджы къыгурыIуэн щIидзауэ къыщIэкIынт и анэм и бзаджагъэр: нанэм дежкIэ щыщыIэм зэпыу имыIэу гуфIэрт, зыгуэрхэр жиIэу къавэрт, джэдкъазым яхэлъадэрт, хьэм бэуапIэ иритыртэкъым. И анэм зэришэжу, щэху хъужырт е гъын къыщIидзэрти, зыхуейр къыпхуэмыщIэу ныкъуакъуэрт.
Пщыхьэщхьэшхэр зыбгъэдэт зэкъуэшхэм Алихъан къызэралъагъуу къыщылъэтащ, и Iэпэр яубыдри IэнэмкIэ яшащ. «Къысхуэгъэгъу, си анэ!» — нэхъыбэ жимыIэу Алим псынщIэ дыдэу къыщIэкIыжри и дежкIэ екIуэкIыжащ, тIэкIу зиIэжьэмэ, и щхьэгъусэм къриIуэкIынур ищIэрти. «Сыт, си щхьэфэм цыуэ итыр щIэвбжыкIа? Алыхь сыарэзымэ, си набдзэм тетхэри абы хэвбжами, зыри фхуэсщIэфынукъым», — жиIэу щIэтт пэшхэм и псалъэ фIейр щIэз ищIу. Алим и анэ тхьэмыщкIэм и гъусэу иухуа мы унэ-лъапсэ дахэм нуру къыдихыр дэуфIынкIат цIыхубз жьэ бзаджэм къыбгъэдэкI дыджыгъэм. КIуэаракъэ, дунейр къытеункIыфIащ щIыжаIар мы щIалэм къылъыса насыпым хуэдэ гуэрт.
Мы пщэдджыжьыр адрейхэм хуэмыдэу нэхъ зэлъыIухат. Апхуэдэу къыщыхъурт лэжьапIэм нобэ дэкIыж Симэ. Илъэс зыбжанэ хъуауэ и нэгум къищ дыджыгъэр дыхусабын телъыджэкIэ нышэдибэ зыкIэригъэкIауэ къыпщыхъурт. Щыгъын зэи хуэмыныкъуа цIыхубзым зыр зыщихыжмэ, адрейр зыщитIагъэурэ зыкъомрэ гъуджэшхуэм бгъэдэтащ. Алим япэ къэтэджауэ и щхьэгъусэр щилъагъум игукIэ: «Тобэ, тобэ, фIы тхьэм къытхудигъакIуэ», — жиIэри гу зэрылъитар къримыгъащIэу зытхьэщIыпIэмкIэ кIуащ. Аргуэрыжьти, зы фIыгъуэшхуэ гуэрым щыгугъыу щIалэ гугъу ехьам и махуэщIэр иригъэжьащ.
Псори зэманым зэтрегъэувэж жаIэ, ауэ икIутар из зэрымыхъужым хуэдэ къабзэу, и нэгу щIэкIа гукъеуэ псоми я лъэужь къытенат Хужьпагуэ и узыншагъэм. Сабийхэр гъэсэныгъэ ябгъэдэлъу, зыр зым дэIэпыкъуу, кIэлъыплъыжу къыдэкIуэтейрт. Щыри школым кIуэрт, я анэр махуэ зыбжанэкIэ щамылъагъу щыIэу, я анэшхуэм щIыгъут. Хужьпагуэ и щытыкIэр ибзыщIурэ, узым иубыдыпащ, пIэм хэлърей хъуащ. ЩIалэхэм яхуидэртэкъым я адэ-анэм зыгуэр жраIэу. Ауэ зы пщыхьэщхьэ гуэрым и къуэр псынщIэ дыдэу къыщIэлъэдащ.
— Сыт, мамэ, къыпщыщIар, щхьэ зыри къыджумыIэрэ? Дэ, уэлэхьи, нэхумыщым дыдокIри, кIыфI хъуауэ дыкъыдыхьэжу арам. Мы щIалэхэр щхьэ нумыгъэжарэ? — зэрыгузавэр и нэгум щIэту щIэупщIащ Алим.
— Зыри къэхъуакъым, си щIалэ, фэ къалэнышхуэ фи пщэ дэлъщ, щIалищ унагъуэу вгъэтIысыжын хуейщ. Пэжщ Симэ жиIауэ щытар, сэ зы щIалэ закъуэт сиIари ерагъкIэ зы лъапсэ схуэухуауэ аращ, ари тэмэму и кIэм нэсакъым. Фэ, Алыхьым фхуигъэпсэу, апхуэдищ къыфпэщылъщ. Зыщ сыщIэгузавэр: мы сабийхэр зыхуей схухуэгъэзэжкъым. Щыхэжае къохъу, сыкъэтэджу я пэшым сыщIэмыхьэфурэ, я унэ лэжьыгъэхэмкIи садэIэпыкъужыфыркъым… Куэд мэхъу слъэмыкIыжыр. А къомыр къезбжэкIынкъым. ЖеIэ Симэ си Iуэхур зытетри, щIалэхэр и деж егъэшэж, нэхъыфI сыхъумэ къэкIуэжынхэщ. Си гур ящIогъу, я адэ-анэр мобдеж фыщысу зеиншафэ къатеуащ, — ар ерагъыу къипсэлъри, и нэр зэтрипIащ и къуэ и псэм япэ иригъэщым и нэгур хуимыгъэзэфу.
Алим и анэм зыщхьэщидзэри ину къэгъащ:
— Мамэ, си мамэ дыщэ, сыт хуэдэ щIыкIэкIэ сыпшыныжыфыну гугъуехь уэзгъэшэчар. Сыхуейкъым уэрыншэу зы махуэ мы дунейм сыкъытенэну. Къэтэдж иджыпстуи, накIуэ ди унэ зэгъусэу тщIам, уэ пхуэфащэр нэхъ пэш дахэ дыдэрт. СщIэркъым си акъылыр зэтезыхуу мыбдеж укъыщIэзгъэкIуар, си бынхэри зыхуей хуэгъэзэнри къалэн пщысщIу гугъу ущIезгъэхьар…
— Хьэуэ, Алыхьым деж нэмысын псалъэщ а уэ жыпIэхэр. Сэ зыми си унэм сыкъыщIихуакъым. Уи бынхэри, хьэуэ си бын цIыкIухэри, псэхэлъхьэж схуэхъуа фIэкIа, зы дакъикъэ къыстехьэлъакъым, я сэбэпынагъ фIэкIа я Iей слъэгъуакъым. Гуэныхь къыумыхь апхуэдэхэр уи жьэм къыжьэдэбгъэкIыу. Псори тэмэм хъужынущ. Псом нэхърэ си дежкIэ нэхъапэр Симэрэ уэрэ фи зэхущытыкIэр арати, тхьэм и шыкуркIэ тэмэм хуэдэщи, согуфIэ. ЩIалэхэр ахъырзэман хъуащ, я ныбжь емылъытауэ еджэнми унагъуэ Iуэхуми хуэIэзэщ. Ауэ сошынэ еджапIэм тIэкIу пэмылъэщыж хъункIэ. Махуэм ешахэр пщэдджыжьым тIэкIу хожае, еджапIэм къыкIэроху. Абыхэм я жеигъуэщ. ИужькIэ сэ гузэрыдзэ къысхуэвмыщIыжын щхьэкIэ, зэкIэ фшэжи тIэкIу сыкъызэфIэувэжыху фи деж щывгъэIэ. Сэ лажьэшхуэ сиIэкъым, сыхуэпIащIэркъым иджыри уи адэмрэ уи анэшхуэмрэ сахуэзэжыну, — гушыIэ хэлъу иухащ и псалъэр.
Иужь псалъэхэм Алим и гур нэхъ игъэзэгъащ. ПщыхьэщхьэхуэкIуэ зэрыхъуу, и щхьэгъусэм Iуэхур зытетыр жриIэри, щIалищыр я унэмкIэ яшэжащ, цIыкIухэм: «Нанэ тIэкIу сымаджэ хъуащи, зэрызехьэ имылъагъумэ, нэхъ щIэх хъужынущ», — жраIэри.
ЩIыб Iуэхухэр щIалэхэм есауэ фIы дыдэу ягъэзащIэрт, жьы дыдэу ахэр Алим къигъэтэджырти еджапIэм здишэрт. Симэ зыхэпщIэу къехьэлъэкI хъуат цIыхухъуиплI къалэнымрэ лэжьапIэмрэ зэдихьыну, и гуащэ пIэм хэлъри игъэшхэн хуейт. Хужьпагуэ затримыгъэхьэлъэн папщIэ: «Сэ зыгуэрхэр согъэхьэрычэтыф иджыри», — къажриIэрт. Ауэрэ махуитI-щым, тхьэмахуэм зэ зыгуэр къыщIыхьэ мыхъумэ, къафIэмыIуэхужу Хужьпагуэ пIэм къыхэнэпащ. Хьэ пэтрэ, Iэмал имыIэу, махуэм тIэу ягъашхэ. Мыр цIыхут, и Iэпкълъэпкъыр игъэдэIуэфын папщIэ, хущхъуэ зэфэр езэгъын щхьэкIэ, ерыскъы Iухуапхъэт. Зэзэмызэ я гъунэгъухэм зыгуэр къыхуахьмэ: «Хьэуэ, зыми фыхэмыт, псори сиIэщ. КIуэдыжыну фIэкIа, апхуэдиз схуэшхынукъым», — яжриIэрт. Абы щыгъуэ егупсысырт: «Алыхьышхуэ, мыр сшхымэ, зы къару гуэр згъуэтыжынщи, сыкъэтэджыжынщ».
Зы махуэ гуэрым Астемыр и анэшхуэр пщIыхьым хэту илъэгъуащ. Ар япэ зэманым хуэдэу джэдкъазым яхэту, пщыхьэщхьэм таурыхъ дахэхэр къыжриIэу и нэгу къыщIэувэжащ. Пщэдджыжьым иджыри зыри къэмытэдж щIыкIэ ар псынщIэ дыдэу къыщылъэтри, Хужьпагуэ и унэмкIэ ежэкIащ. Бжэр мащIэу IугъэзыкIарэ бжьыхьэ жьы щIыIэм унэ кIуэцIыр игъэдияуэ, щIакхъуэ гъур Iыхьэр быдэу зыIэщIэлъ и Iэм фIэкIа шхыIэным къыщIэмыщу хэлът хужьпагуэ. Зэгуэр нурымрэ гуапагъэмрэ къызыщхьэщихыу щыта и анэшхуэр къэцIыхужыгъуейт. Астемыр и анэшхуэм бгъэдэкIуэтащ:
— Нанэ, накIуэ ди унэм. Сэ быдэу узгъэшхэнщи, укъэтэджыжынщ. Сыт мы щIакхъуэ гъущэр щIэпшхыр, дэ къытхуэбдэу щытакъым ар. НакIуэ, нанэ, накIуэ, — щIалэ цIыкIум и анэшхуэр къиIэтыну яужь ихьащ.
Хужьпагуэ хэлъыж щыIэтэкъыми, мы щIалэ цIыкIуми къыхуэIэтынут, ауэ ар АлыхькIэ къелъэIуащ и гугъу имыщIыну, мыбдеж и закъуэ щIэлъмэ нэхъ къищтэу. ТIэкIу зэзэмызэ къыщIэлъадэурэ къыщIэупщIэмэ, мафIэ тIэкIу хурищIэмэ, нэгъуэщI зыри хуэмейуэ. Астемыр сабийми къыгурыIуащ я унэмкIэ и анэшхуэр кIуэну щIыхуэмейр. Сымаджэм и псэм телъыр нэхъ хьэлъэж ищIынут и анэм и жьэ бзаджэм. И нэпс къекIуа и тэмакъым фIэлъыр ирикъухыжурэ и нанэм щабэу жриIащ:
— Хъунщ, нанэ, хэлъ пIэ узэсам. Сэ афIэкIа щIыIэм уезгъэсынкъым, уи ныби згъэныкъуэнкъым. Ауэ сынолъэIу, къызэфIэувэжи, Майе цIыкIу зыкъегъэлъагъу. Абы узэрыкIэлъымыплъыжрэ и шэм кIэричащ, мэпыджэ, и нэ цIыкIухэр нэщхъейщ, — жиIащ, анэшхуэм и гур къызэригъэгъуэтыжын мурадкIэ. Хужьпагуэ ба щабэрэ IэплIэ гуапэрэ хуищIри щIэкIыжащ. Тхьэмахуэ пщэдджыжьти, псори хэлът, гукъеуэ гуэри ямыIэу. Астемыр пщэфIапIэм щIыхьэри, шхын гуэрхэр къищтащ Хужьпагуэ хуихьыну. Ахэр игъэтIылъри, мафIэ ищIащ, хьэкур зэщIигъаплъэри шхыныр игъэхуэбэжащ, тас цIыкIумрэ къубгъанымрэ пIэм бгъэдихьэри, и анэшхуэм и напэр хуитхьэщIащ. Фызыжьым жиIэну зыхуейр куэд хъурт, къыхуэпсэлъынур мащIэти, и гумкIэ псори зэригъэзэхуэжри Астемыр и Iэр щабэу и нэм, и псэм хуихьащ.
— Ахэр зырикIщ, нанэ, уэ къытхуэпщIам елъытауэ. Мы дунеишхуэм уэ нэхъыфIу слъагъу теткъыми, уэр щхьэкIэ сытри схуэщIэнущ. ТIэкIунитIэ къыздэIэпыкъуи къызэфIэувэж, шхын къыпхуэсхьхэр шхы, мащIэ-мащIэурэ къызэфIэувэж, — Iущащэрт лъэгуажьэмыщхьу пIэм бгъэдэт Астемыр.
Астемыр шхын хуихьар жьэдилъхьэурэ иригъэшхын щIидзащ. Ерыскъы хуабэм сымаджэм псэщIэ къыхигъэхьэжу къыпщыхъурт, ауэ и нэкIум лъы къыщIэлъэдэжауэ къыпфIэзыгъэщIыр, тобэ ирехъуи, мы сабий телъыджэм и гукъэкIыр Хужьпагуэ гукIэ зэрызэригъэзахуэрт. МафIэм и хуабэри, шхыным и къэуатри, псом хуэмыдэжу и къуэрылъхум къыхуищIа гулъытэри зэуэлIа Хужьпагуэ и Iэпкълъэпкъым зы къару гуэр къыхыхьэжауэ къыщыхъурт, арщхьэкIэ и пкъыр къэзыIэтын гуащIэ иджыри иIэтэкъым.
Астемыр хьэкум пхъэдакъэшхуэ ирилъхьэри: «Сэ иджыри къэзгъэзэжынщ», — жиIэри щIэкIыжащ.
«Хэт мы пщэдджыжь нэмэзым апхуэдизрэ щIэкI-къыщIыхьэжу дызымыгъэжейр?», — къыщIэIукIащ и анэм и макъыр пэшымкIэ. Астемыр зыри пимыдзу и пIэм зыхидзэжащ. ЩIыIэмрэ гуныкъуэгъуэмрэ зи гур яубыда щIалэ цIыкIум шхыIэным зыщIигъапщкIуэри, зэщыджэу гъын щIидзащ. Абы и нэгум хущIэкIыртэкъым нанэм и теплъэ хъуар. «Си нанэ, си нанэ, си нанэ», — псалъэхэр щимыгъэтыжыфу къытригъэзэжырт. Абы иджыпстукIэ Iэмалу иIэр ерыскъырэ хуабагъэкIэрэ и анэшхуэм и нэIэ тетынырти, ар зэригъэзэщIэну Iэмалхэр и щхьэм щызэригъэзахуэт. Астемыр хуэмурэ жейм хилъэфэжащ, нышэдибэ къызыхэкIа пщIыхьым пищэжами ярейуэ, и анэшхуэм и Iэпэр иIыгъыу губгъуэшхуэм къыщыхутащ.
(КъыкIэлъыкIуэнущ).
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "27059.txt"
} |
Сочэ зыкъыщывгъэлъэгъуэну фыхуеймэ
Уи къару илъыгъуэмэ, зэфIэкI ббгъэдэлъмэ, ужыджэрмэ, мы хъыбарегъащIэр зыхуэгъэзар уэращ!
XXII ЩIымахуэ Олимп Джэгухэмрэ XI Паралимпийскэ Джэгухэмрэ Сочэ 2014 гъэм зэрыщекIуэкIынум и щэнхабзэ программэм хэтынухэр къыщыхахыну зэхьэзэхуэр къызэIуахащ.
Зэпеуэм и къалэнщ Урысейми нэгъуэщI къэралхэми (Олимп Джэгухэм хэтынухэм ящыщу) я творческэ гуп нэхъыфIхэмрэ уэрэджыIакIуэхэмрэ къыхэхыныр. Зэпеуэм щытекIуэхэр хагъэхьэнущ зи гугъу тщIы щэнхабзэ программэм.
Зэхьэзэхуэр IыхьитIу гуэшауэ щытынущ. Япэм Интернет-IэIэт зэIухакIэ нэхъыфIхэр ягъэнэхуэнущ. ЕтIуанэм щэнхабзэм и лэжьакIуэ цIэрыIуэхэм я советым зэпеуэм и кIэух Iыхьэм нэсахэм ящыщу нэхъыфI дыдэу къалъытауэ щы (гупу е уэрэджыIакIуэу) къыхихынущ.
Зэхьэзэхуэм и хабзэхэм нэхъ куууэ зыщыщывгъэгъуэзэфынущ Щэнхабзэ Олимпиадэм и дунейпсо порталым: www.culture.sochi2014.com
ГЕРАСИМОВЭ Риммэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "27062.txt"
} |
Дунейпсо чемпионатым хэтщ
IэпщэрыбанэмкIэ етIуанэ дунейпсо чемпионат Москва дэт «Динамо» спорт уардэ унэм мы махуэхэм щокIуэкI.
Урысейм и командэ къыхэхам хэту КъБР-м и щIыхьыр абы щахъумэ Мырзэкъан Азэмэтрэ (кг 90-м щIигъу) Беслъэней Нурмухьэмэдрэ (кг 75-м нэблагъэ).
Дунейпсо чемпионхэм я бгырыпххэм щIэзэу бэнакIуэхэр я хьэлъагъ елъытауэ зыбжанэу зэщхьэщокI. Зэхьэзэхуэм хэтщ къэрал 42-м я спортсменхэр.
Гъэунэ Светланэ,
КъБР-м Спортымрэ туризмэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "27064.txt"
} |
«Школ пщIантIэ нэхъыфI-2013»
Бахъсэн куейм хыхьэ Ислъэмей къуажэм дэт курыт еджапIэ №2-м иджыблагъэ щаублащ щIыпIэм щылажьэ школхэм я пщIантIэхэм я къабзагъэр, зыхуей зэрыхуэгъэзар къыщапщытэ хабзэ зэпеуэ. Iуэхум епха къэпщытэныгъэхэр иригъэкIуэкIынущ абы папщIэ къызэрагъэпэща комиссэ щхьэхуэм. Егъэджэныгъэм и куей IэнатIэм и IэщIагъэлIхэм къадэкIуэу, абы хэтщ щIыпIэ администрацэм, егъэджакIуэхэм я профсоюз зэгухьэныгъэм я лIыкIуэхэр.
Школхэмрэ сабий садхэмрэ я лэжьакIуэхэм ящIа презентацэхэм къыщагъэлъэгъуащ я IуэхущIапIэхэм я пщIантIэхэм яIэ теплъэр, апхуэдэуи ахэр егъэфIэкIуэным теухуа мурадхэри наIуэ къащIащ. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, абыхэм щхъуантIагъэ нэхъыбэ щыхэсэныр, пщIантIэхэм псыкъелъэхэр, псыутххэр дэщIыхьыныр, школ хадэхэр къэгъэщIэрэщIэжыныр икIи екIуу зехьэныр, уеблэмэ бжьэ гъэхъунми зетыныр. Зэпеуэм хэтхэм къалъытэ а псори школым къепхауэ абы ихъуреягъкIэ щыIэ щIыпIэхэм щыпхузэфIэгъэкIыну. Гулъытэ хэха хуащI пщIантIэхэм яIэ зыгъэпсэхупIэхэр, спорт ут цIыкIухэр егъэфIэкIуэным, сабийхэм папщIэ фитобархэр ухуэным.
«Школ пщIантIэ нэхъыфI-2013» зэпеуэм хэтхэм фIыщIэ хуащIащ Iуэхур къадэзыIыгъ адэ-анэхэм, цIыху щхьэхуэхэм. КъэпщытакIуэхэм гу зэрылъатащи, апхуэдэ псапащIэхэр щынэхъыбэщ Кыщпэк, Къулъкъужын къуажэхэм.
Зэпеуэм и етIуанэ Iыхьэр мы гъэм и накъыгъэ мазэм щыIэнущ. Абы аргуэру къыщапщытэнущ куейм и школхэм, сабий садхэм я пщIантIэхэр зыхуей хуэгъэзэнымкIэ абы ирихьэлIэу зэфIаха Iуэхухэр. Фигу къэдгъэкIыжынщи, зэпеуэр нэгъабэ къыхалъхьауэ щытащ Бахъсэн куей администрацэм и Iэтащхьэ Сыжажэ Хьэсэн и жэрдэмкIэ. Зэхьэзэхуэм къыхэжаныкIхэр ирагъэпэжэну хухахащ сом мин 600-м щIигъу.
АЛОКЪУЭ Аринэ.
Бахъсэн куей.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "27066.txt"
} |
Балъкъэр театрыр — Тыркум
Кулиев Къайсын и цIэр зезыхьэ Балъкъэр къэрал драмэ театрыр хэтщ тырку театрхэм я «Тысяча дыханий — один голос» VI дунейпсо фестивалым. Мэлыжьыхьым и 14 — 24-хэм Конье къалэм (Тырку) щекIуэкIыну зэIущIэм театрыр кIуащ Урысей Федерацэмрэ Къэбэрдей- Балъкъэрымрэ ЩэнхабзэмкIэ я министерствэхэр я дэIэпыкъуэгъуу.
Балъкъэр къэрал драмэ театрым зыкъигъэлъэгъуащ мэлыжьыхьым и 18-м. Театреплъхэм ирагъэлъэгъуащ Токумаев Жэгъэфар и «Женитьба Чоная» тхыгъэм къытращIыкIа спектаклыр. Ар зыгъэувар Теувэж Владимирщ. Роль нэхъыщхьэхэр ягъэзащIэ КъБР-м щIыхь зиIэ и артистхэу Жангуразов Мэжид, Мамаевэ ФатIимэ, Мамучиев Чэмал, театрым нэгъуэщI и актерхэри хэтщ.
Балъкъэр театрым и унафэщI Жангуразов Мэжид къыхигъэщащ зи Iэтащхьэ IуэхущIапIэр хамэ къэрал иджы япэ кIуауэ зэрыарар, тыркубзэкIэ псалъэ лъэпкъхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и театр щэнхабзэр гурыхь ящыхъуну, балъкъэр профессиональнэ гъуазджэм и щхьэхуэныгъэхэр Тыркум къыщащтэну зэригуапэр.
Апхуэдэу фестивалым хэтщ Анкара, Конье, Трабзон (Тырку), Къэзахъстан, Азербайджан, Дагъыстэн, Ирак, Кипр, Болгарие, Косовэ, Македоние щыIэ театрхэр.
БЛИЙ Даянэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "27070.txt"
} |
ЦIыхухэм я сэбэп зыхэлъхэр япэ идгъэщу
2013 гъэм мэлыжьыхьым и 21-м Урысей Федерацэм япэ дыдэу щагъэлъапIэ къэралпсо махуэшхуэр — ЩIыпIэ унафэр зезыгъакIуэ IэнатIэм и махуэр. Мы махуэшхуэр щагъэлъэпIэнур трагъэхуащ урысей махуэгъэпсым къыхэщ тхыдэ мыхьэнэ зиIэ Iуэхум: 1785 гъэм мэлыжьыхьым и 21-м пащтыхь Екатеринэ ЕтIуанэм къыдигъэкIащ «Урысей империем и сэбэп зыхэлъхэмрэ абы щызекIуэ хуитыныгъэхэмрэ я грамотэр» — Урысейм и къалэхэм IэIэткIэ хах органхэмрэ щIыпIэ унафэр зегъэкIуэным и Iуэху нэхъыщхьэ щхьэхуэхэмрэ къызэзыгъэпэща закон актыр.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIыпIэ унафэр зезыгъакIуэ и муниципальнэ органхэр нобэ, шэч хэмылъу, ди жылагъуэм социально-экономикэ зэхъуэкIыныгъэхэр щегъэкIуэкIынымкIэ лъабжьэу уващ. КъыщызэрагъэпэщагъащIэ япэ зэманым и гугъуехьхэр къызэринэкIри, КъБР-м щIыпIэ унафэр зегъэкIуэнымкIэ и IэнатIэм хузэфIэкIащ ди цIыхухэм я псэукIэр нэсу егъэфIэкIуэнымкIэ пщIэшхуэрэ зэфIэкIрэ зыбгъэдэлъ органу зыкъигъэлъэгъуэн. Къуажэ, къалэ жылагъуэхэм, къалэ округхэмрэ муниципальнэ районхэмрэ щIыпIэ унафэр зезыгъакIуэ я IэнатIэхэм я нэхъыбапIэкIэ щылажьэр зи IэщIагъэм нэгъэсауэ хуэIэзэ, зи псалъэхэм къэрал властым и дэтхэнэ IэнатIэми пщIэшхуэ щаIэ цIыхухэрщ.
ЩIыпIэ унафэр зезыгъакIуэ IэнатIэм и махуэм «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIыпIэ унафэр зегъэкIуэнымкIэ и совет» ассоциацэм и правленэм и цIэкIэ, сэ къызбгъэдэкIыу мыхьэнэшхуэ зиIэ а къэрал гуфIэгъуэмкIэ муниципальнэ властым и лэжьакIуэ псоми сохъуэхъу.
Шэч лъэпкъ къытезмыхьэу жысIэфынущ си лэжьэгъухэм ящыщ дэтхэнэ зыми езыр зыщыщ жылагъуэми зэрыщыту Къэбэрдей-Балъкъэрми пщIэрэ щIыхьрэ зэрыщиIэр. Фэ гъащIэм тэмэму зэрыхэфщIыкIыр, фи зэфIэкIыр, щIэныгъэр, IэщIагъэр хуэвунэтIащ КъБР-м щIыпIэ унафэр зезыгъакIуэ и IэнатIэм сыт и лъэныкъуэкIи зегъэужьыным.
Фи лэжьыгъэр сыт щыгъуи хуэунэтIауэ щрет цIыхубэм я сэбэп зыхэлъхэр дэгъэкIыным, республикэм зэпIэзэрытыгъэмрэ зэгурыIуэмрэ щыгъэбыдэным.
Си лэжьэгъу псоми политикэ жыджэрагъ яхэлъыну, ирагъажьэ Iуэху псори дэкIыну, ди Къэбэрдей-Балъкъэрыр ефIэкIуэным хуэгъэза мурадхэр къехъулIэну, мамырыгъэ, гуапагъэ, ефIэкIуэныгъэ езыхэми абыхэм я унагъуэхэми яIэну сохъуэхъу.
ПщIэ къыфхуэзыщI,
КъБР-м и Муниципальнэ щIыналъэхэм я советым и правленэм и тхьэмадэ, КъБР-м щыщ Тэрч муниципальнэ районым и администрацэм и Iэтащхьэ Пэнагуэ Максим.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "27073.txt"
} |
Мы махуэхэм
Мэлыжьыхьым и 20, щэбэт
Астрономием и дунейпсо махуэщ
1656 гъэм Урысейм гъуаплъэ ахъшэ къыщежьащ.
1937 гъэм Прохладнэ станицэр къалэ хъуащ.
КъБР-м щIыхь зиIэ и сурэтыщI Сындыку Тобий (Анатолэ) къызэралъхурэ илъэс 88-рэ ирокъу.
Режиссёр, УФ-ми КъБР-ми гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Теувэж СулътIан и ныбжьыр илъэс 81-рэ ирокъу.
КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист НэщIэпыджэ Ибрэхьим къызэралъхурэ илъэс 80 ирокъу.
УФ-ми КъБР-ми щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, ЩIДАА-м и академик Джырандокъуэ Михаил и ныбжьыр илъэс 73-рэ ирокъу.
КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Ацкъан Руслан и ныбжьыр илъэс 64-рэ ирокъу.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, пIалъэ-пIалъэкIэрэ уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градуси 8 — 10, жэщым градуси 8 — 9 щыхъунущ.
Мэлыжьыхьым и 21, тхьэмахуэ
Ди эрэм и пэкIэ 753 гъэм Ромул пащтыхьым Италием и щыхьэр Рим иухуащ.
1920 гъэм Налшык цIыхубэ хозяйствэм и щIыналъэ совет къыщызэрагъэпэщащ.
1921 гъэм Налшык Лъэпкъ музей къыщызэIуахащ.
Инджылызым и пащтыхь Елизаветэ ЕтIуанэм и ныбжьыр илъэс 87-рэ ирокъу.
УФ-ми КъБР-ми щIыхь зиIэ я артисткэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат ЖьакIэмыхъу КIунэ къыщалъхуа махуэщ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градуси 10 — 11, жэщым градуси 8 — 9 щыхъунущ.
Мэлыжьыхьым и 22, блыщхьэ
ЩIым и дунейпсо махуэщ
БзэщIэныгъэлI, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ Елбэрд Хьэсэн къызэралъхурэ илъэси 127-рэ ирокъу.
Политик цIэрыIуэу, большевикхэм я партым и къызэгъэпэщакIуэу щыта Ленин (Ульянов) Владимир къызэралъхурэ илъэси 143-рэ ирокъу.
Химие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, УФ-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ МэкIэтIей Абдулэхь и ныбжьыр илъэс 71-рэ ирокъу.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, уэшх тIэкIу къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градуси 10 — 13, жэщым градуси 6 — 9 щыхъунущ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "27075.txt"
} |
Ди къуэш республикэхэм
Скиф пщым и тахътэ
Адыгей. Дуней псом щыцIэрыIуэ дыщэкI Еутых Iэсият скиф пщыхэм я тахътэ гъэщIэгъуэн игъэхьэзыращ. Адыгейм и цIыхубэ сурэтыщIым япэу ар утыку къыщрихьэнущ Дон Iус Ростов щекIуэкIыну и выставкэм.
Жэзым къыхэщIыкIа, дыщэпс зытегъэлъэда, екIуу гъэщIэрэщIа тахътэм килограмм 50 и хьэлъагъщ, метри 2,5-рэ и лъагагъщ.
Еутых Iэсият илъэс ныкъуэкIэ зэлэжьа и IэдакъэщIэкIыр гъэщIэгъуэным къыщымынэу, телъыджэщ. Скифхэм хьэкIэкхъуэкIэхэр къызэрагъэлъагъуэу щыта гъуазджэм и теплъэ зиIэ тахътэм и Iэ телъхьэпIэхэм пщым хуэдэу барсхэр тесщ.
ГъущIым елэжь бзылъхугъэ цIэрыIуэм и IэдакъэщIэкIхэр мы гъэм къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм щагъэлъэгъуэнущ.
Сом меларди 8 хилъхьэнущ
Къэрэшей-Шэрджэс. Къэрэшей-Шэрджэсым цемент къыщыщIагъэкI завод щыухуэным сом меларди 8 хилъхьэнущ «Евроцемент гуп» холдингым. Абы теухуа зэгурыIуэныгъэм Черкесск Iэ щытрадзащ республикэм и Iэтащхьэ Темрезов Рашид, холдингым и президент Скороход Михаил, «Кавказцемент» щIыпIэ компанием и унафэщI Степанов Владимир сымэ.
Темрезов Рашид къызэрыхигъэщамкIэ, а зэгурыIуэныгъэм Iэмал къитынущ иджырей «Кавказцемент» IэнатIэр сыт и лъэныкъуэкIи ирагъэфIэкIуэну. Абы республикэм и рынокыр фIагъ зиIэ ухуэныгъэ материалхэмкIэ къызэригъэпэщынущ, адрей щIыналъэхэми цемент хуаутIыпщыфынущ.
— Iуэхур зытетыр иджырей мардэм езэгъыу заводыщIэ, и лъэщагъыр иджыпсту лажьэм нэхърэ процент 25-кIэ нэхъыбэу, ухуэнырщ. ЗэхъуэкIыныгъэхэр илъэси 3-4-м зэфIэдгъэкIыну, 2016 гъэм цемент къызэрыщIагъэкI технологиещIэхэм дыхуэкIуэну ди мурадщ, — жиIащ Скороход Михаил.
УЭРДОКЪУЭ Женя.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "27077.txt"
} |
ЩIыпIэ унафэр зезыгъакIуэ IэнатIэм и махуэм ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен цIыхухэм
зэрызахуигъазэр
Урысей Федерацэм и Президентым 2012 гъэм мэкъуауэгъуэм и 10-м къыдигъэкIа Указым ипкъ иткIэ, ди къэралым мы гъэм япэ дыдэу щагъэлъапIэ ЩIыпIэ унафэр зезыгъакIуэ IэнатIэм и махуэр. Мэлыжьыхьым и 21-м ар щIыхуагъэзам щхьэусыгъуэ иIэщ. 1785 гъэм мис а махуэм къыдэкIауэ щытащ Урысейм щIыпIэ унафэр зегъэкIуэнымкIэ и законодательствэм и зыужьыныгъэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа грамотэр.
Иужьрей гъэхэм ди республикэм куэд щызэфIагъэкIащ щIыпIэ унафэр зэрызэрагъакIуэр егъэфIэкIуэным, муниципальнэ реформэр егъэкIуэкIыным я лъэныкъуэкIэ. Абы папщIэ зыхуеину закон лъабжьэхэр зэтрагъэуващ. Властым и органу езы щIыналъэхэм щыIэхэр къапэщыт къалэнхэр гъэзэщIэным хуэIэкIуэлъакIуэ хъуащ икIи нэхъ тегушхуауэ унафэ пыухыкIахэр къащтэу хуежьащ. ЩIыпIэ унафэр зегъэкIуэнымкIэ советхэм я депутатхэр кIуэтэху Iуэхум нэхъ хуэIэкIуэлъакIуэ мэхъу, цIыхухэми абыхэм хуащI дзыхьым хохъуэ.
Ауэ, а псоми къадэкIуэу, дэ къыдгуроIуэ щIыпIэ унафэр зегъэкIуэнымкIэ IэнатIэм нэсу сэбэп хъу лэжьыгъэ иригъэкIуэкIыу хуежьэн папщIэ, иджыри куэд къызэрытпэщытыр. Псом япэу зэтегъэувэн хуейщ муниципалитетхэм я Iуэхухэр дагъэкIын папщIэ зыхуеину ахъшэр езыхэм къызэрагъэпэщыжу. Абы папщIэ, дэ дэтхэнэ муниципальнэ районми, къалэ округми, дэтхэнэ жылагъуэми и экономикэ зэфIэкIыр гъэбыдэнымкIэ дыдэIэпыкъунущ икIи абыхэм я щIыналъэхэм иджырей IуэхущIапIэхэр къызэрыщызэдгъэпэщыным, бизнесым и IэнатIэ мыинхэмрэ курытхэмрэ, фермер, мэкъумэшыщIэ хозяйствэхэр зэрыщызэтедгъэувэным дыхущIэкъунущ.
Сэбэпынагъ къихьу лажьэ къэралыр — ар цIыхум хуэлажьэ къэралырщ. Мыхьэнэшхуэ иIэщ цIыхухэм я зи чэзу социальнэ Iуэхухэр дэгъэкIыным, псэукIэр егъэфIэкIуэным я лъэныкъуэкIэ муниципальнэ властым ихь жэуапыр къэIэтыным. Республикэм и къэрал властым и органхэр къапщтэмэ, ахэр щIыналъэхэм щыIэ властым зэпымыууэ дэIэпыкъунущ социальнэ инфраструктурэм зегъэужьынымкIэ, щIыналъэхэр зэIузэпэщ щIынымкIэ.
Шэч къытесхьэркъым республикэм щIыпIэ унафэр зегъэкIуэнымкIэ и IэнатIэр цIыхухэм я сэбэп зыхэлъхэм я къыщхьэщыжакIуэу, дыщалъхуа Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэм жылагъуэ-политикэ зэпIэзэрытыныгъэ, мамырыгъэ, зэгурыIуэныгъэ щыIэнымкIэ шэсыпIэу дяпэкIи зэрыщытынум.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "27079.txt"
} |
Зыужьыныгъэм и гъуэгукIэ
КъБР-м и Правительствэм и Унэм дыгъуасэ щекIуэкIащ ди щIыналъэм и дежкIэ политикэ, экономикэ, жылагъуэ мыхьэнэ ин зиIэ зэIущIэ. КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен зыхуигъэзащ республикэм и Парламентым.
ЗэIущIэм кърихьэлIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым къыбгъэдэкIыу Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсымрэ Къэрал Думэмрэ я депутатхэу Бечелов Ильяс, Геккиев Заур, Къэжэр Альберт, Щхьэгуэш Адэлбий, УФ-м и Президентым и лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэм и Аппаратым КъБР-м щиIэ инспектор нэхъыщхьэ Вербицкий Александр, КъБР-м и Парламентым и депутатхэр, Правительствэм хэтхэр, КъБР-м и Конституцэ, Арбитраж судхэм я унафэщIхэр, ХэхакIуэ комиссэм и пашэр, КъБР-м и Жылагъуэ, Къэзыпщытэ-къэзыбж палатэхэм я тхьэмадэхэр, Пенсэ, Сабий фондхэм, республикэм и еджапIэ нэхъыщхьэхэм, РАН-м и КъБЩIЦ-м епха щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтхэм я унафэщIхэр, хабзэхъумэ, цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэм, профсоюзхэм, политикэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, КъБР-м ЦIыхум и хуитыныгъэхэмкIэ щыIэ уполномоченнэр, щIыналъэм и къалэхэмрэ районхэмрэ я администрацэхэм я Iэтащхьэхэр, нэгъуэщIхэри.
ЗэIущIэр къызэIуихащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Чеченов Ануар. Къыхалъхьа Iуэхугъуэм къызэхуэсахэр щыгъуазэ хуищIа нэужь, абы псалъэ иритащ республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен.
— Республикэм и политикэ, экономикэ, социальнэ щытыкIэр убзыхунымкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ КъБР-м и Парламентым Зэрызыхуэзгъазэм, сыту жыпIэмэ, хабзэ хъуауэ, мыпхуэдэ щIыкIэм тету къыдопщытэж блэкIа илъэсым зэфIэдгъэкIахэмрэ дызыхунэмысахэмрэ, адэкIэ абыхэм ятещIыхьарэ щIыналъэ зыужьыныгъэм хуэгъэпсауэ къалэныщIэхэр зыхудогъэувыж, — къыхигъэщащ Къанокъуэм. Абыхэм я нэхъыщхьэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и экономикэм зегъэужьынырщ, абы и цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэнырщ.
2013 гъэм республикэм къыпэщылъ къалэнхэр иубзыхуурэ, Къанокъуэ Арсен къытеувыIащ щIыналъэм зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэм. Абы жиIащ Правительствэм экономикэ политикэ тэмэм зэрыригъэкIуэкIыр, абы и щыхьэту ди зыужьыныгъэр зыгъэнаIуэ бжыгъэхэр къихьащ. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, 2011 гъэм еплъытмэ, 2012 гъэм республикэм къыщалэжьа продукцэм проценти 5-кIэ зэрыхэхъуар, лэжьапIэншэхэм я бжыгъэр проценти 10,8-м къикIыу 8,9-м зэрынэсар, улахуэр нэхъыбэ зэрыхъуар, нэгъуэщIхэри.
— Дэтхэнэ ди текIуэныгъэми я лъабжьэр инновацэхэрщ, технологие пэрытхэрщ, — жиIащ республикэм и Iэтащхьэм. — Ахэр шэщIауэ къыщыдогъэсэбэп экономикэм и унэтIыныгъэ куэдым. Гулъытэшхуэ зыхуэтщIхэм ящыщщ щIыналъэм промышленностым зыщегъэужьыныр, псэупIэ унэу щыдухуэхэм я бжыгъэм хэгъэхъуэныр, псэупIэ-коммунальнэ IэнатIэм епха Iуэхугъуэ псори гъэтэмэмыныр.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и УнафэщIым зэрыжиIамкIэ, блэкIа илъэсым къриубыдэу зыужьыныгъэфI игъуэтащ мэкъумэш IэнатIэм, хьэрычэт цIыкIумрэ ику итымрэ лъэ быдэкIэ уващ. Республикэм адэкIи хигъэхъуэнущ хамэ къэралхэм яхуиIэ экономикэ пыщIэныгъэхэм. Ар ефIэкIуэн щхьэкIэ, Iэмал псори къызэгъэпэщыпхъэу къилъытащ.
Республикэм и Iэтащхьэм КъБР-м и Парламентым Зэрызыхуигъазэм гулъытэ хэха щыхуищIащ сабий куэд зыпI унагъуэхэм. Гъунэгъу субъектхэм абыкIэ яIэ Iуэху бгъэдыхьэкIэ пэрытыр къагъэсэбэпурэ, унагъуэшхуэхэм иратынущ дэIэпыкъуныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр. Апхуэдэу а дэфтэрым щIыпIэ хэха щызыгъуэтахэм ящыщщ егъэджэныгъэм, узыншагъэр хъумэным, транспортым, щэнхабзэм, спортым, курорт Iуэхум, социальнэ зыужьыныгъэм, псэуныгъэм и нэгъуэщI унэтIыныгъэхэм епха Iуэхугъуэхэр. Ди щIыналъэм мамырыгъэрэ зэгурыIуэныгъэрэ щытепщэу, пщэдейрей махуэмкIэ фIэщхъуныгъэ тхэлъу дыпсэуфыныр властым и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщу къилъытащ Къанокъуэм. АбыкIэ хабзэхъумэ IэнатIэхэм я пщэ къалэнышхуэ къызэрыдэхуэри жиIащ.
— ЗэуIуу, зэкъуэту делэжьын хуейщ къытпэщылъ къалэнхэр зэфIэхыным, дэтхэнэми лъэкIыр хилъхьапхъэщ ди псэукIэр егъэфIэкIуэным. Апхуэдэ щIыкIэм тетущ властыр цIыхубэм зэрадэлэжьэн хуейр. ИтIанэщ ди мурадыфIхэм дащылъэIэсынур, бэм къыдагъэза дзыхьыр щыдгъэпэжыфынур, — и псалъэм и кIэухыу къыхигъэщащ Къанокъуэм. — Пэжу икIи хьэлэлу дахуэлэжьэнщ цIыхухэм.
АдэкIэ КъБР-м и Парламентым и Тхьэмадэм жиIащ Зэрызыхуигъазэм зыузэщIыныгъэ, зыужьыныгъэ я лъэныкъуэкIэ мыхьэнэшхуэ зэриIэр. Абы ипкъ иткIэ ящIа унафэм и проектыр псори зэдэарэзыуэ къащтащ.
ЗэIущIэм и кIэухыу Къанокъуэ Арсен къызэхуэсахэм ехъуэхъуащ къэблэгъа май махуэшхуэхэмкIэ, ехъулIэныгъэрэ узыншагъэрэ яIэну зэригуапэр жиIащ.
ЖЫЛАСЭ Маритэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "27080.txt"
} |
Тобэ къызохьыж
(КIэлъыкIуэр.
ПэщIэдзэр №№70-72-хэм итщ).
Симэ пщэдджыжьышхэр игъэхьэзырри: «Сэ нобэ си дыщ сокIуэж, сыхьэт зытIущ си адэ-анэм сабгъэдэсыну, я тепIэн яхуэзжьыщIыну», — жиIэри щIэкIащ. Алим ар къуажэкIэм нигъэсу адэкIэ и ныбжьэгъу Мурид зэрыхуэзэнур щIалэхэм къажриIащ. А тIур унэм зэрыщIэбэкъукIыу, Астемыр и къуэшхэм захуигъэзащ:
— Аслъэн, Алихъан! Иджы быдэу фыкъызэдаIуэ. Фэ тIум нанэ фIыуэ флъагъурэ?
— Дэтхэнэ нанэра жыхуэпIэр? Ди нанэ хьэмэрэ мамэ нанэ? — щIэупщIащ щIалэ нэхъыщIэр.
— Ди нанэщ жыхуэсIэр. Мамэ-нанэ лей къытехьэркъым, ауэ ди нанэ дыщэ псоми тщыгъупщэжауэ пIэхэнэ зэрыхъуар фэ иджыри фщIэркъым. Дэри ди зэран хэлъщ абы. ФщIэжрэ абы и шхын IэфIхэр, и таурыхъ гъэщIэгъуэнхэр? Мес иджы езыр шхын щхьэкIэ малIэри, таурыхъ дэнэ къэна, зы псалъи хуиту къыжьэдэмыкIыжыфу хэлъщ… — и псалъэхэр иухыну хунэмысу щIалэ цIыкIуитIыр зэуэ къыщылъэтащ.
— Зэ, фымыпIащIэу фыкъызэдаIуи, зэгъусэу девгъэгупсыс нанэ хуэтщIэнум. Фэ фысщIыгъумэ, мами папи къамыщIэу дыдэIэпыкъуфынущ. Уэлэхьи, папэ и хущIэмыхьагъкIэ гулъытэ хуимыщIу къигъэнами, мамэ зыкIи хуэмей ди нанэ къызэфIэувэжыну. Аслъэн, Алихъан, сыкъэвгъэгугъэ зыми зыкъевмыгъащIэу махуэ къэс, сыт хуэдэ IэмалкIэми, нанэ шхын гуэр хуефхьэкIыну. Иджыпсту и тепIэныр къетхьэкIынщи джьыщIынщ, и унэр къабзэу зэлъыIутхынщ, иджыри тIэкIу дгъэшхэнщ. Унэ Iуэхури зэфIэдмыуду хъунукъым, дыкъамыщIэн щхьэкIэ, ауэ щыхъукIэ, фи къэжыхьынымрэ кино еплъынымрэ зэкIэ къэвгъанэ, си къуэшхэ… АдэкIэ къалэнхэр зыхуэдгуэшурэ псори зэдэдгъэзэщIэнщ. Ауэ зыщ сызэрынывэлъэIур: мамэ фыIумыуэ зэрымыщIэкIэ, папи къремыщIэ мы къэхъуар. Уэлэхьи, а тIум я зэфIэкIуэд абы къызэрикIынум зы шэч хэмылъ, — лIыжь цIыкIум хуэдэу псэлъащ Астемыр.
Зэкъуэшищри зыр адрейм яужь иту Хужьпагуэ и унэм кIуащ. Алихъан цIыкIу тепIэн гъуабжэм и гущIыIум «хьэдэ хьэзырщ» жыхуаIэм хуэдэу телъ и анэшхуэм зридзащ и макъым къызэрикIкIэ гъыуэ. ЗэрымыщIэкIэ унэм къыщIэхута къуэ бынхэм ящыIуплъэм, Астемыр къыщыкIуам зиIыгъыфами, иджы зыхуэмыубыдыжу Хужьпагуэ и макъым къызэрихькIэ зэщыджэн щIидзащ.
— Ди нанэ дыщэ, къытхуэбгъэгъунщ лей зэротхар. ЕджапIэмрэ унагъуэ Iуэхумрэ ди зэманыр тедгуашэри, уэ удэддзыхыжащ, иджы укъыдогъэгугъэ удгъэфIэжыну. Мис, дэ щыри дызэгурыIуащ дызэдэIэпыкъужурэ уи къалэнхэр дгъэзэщIэну. Уэ тIэкIунитIэ къыддэIэпыкъуи къызэфIэувэж, — жиIэурэ Астемыр зыIуплъа и шынэхъыщIэхэр я нанэм и лъэныкъуитIымкIэ щыст и Iэблэ зырызыр быдэу яIыгъыу. Алихъан цIыкIу и анэшхуэм нэхъри нэхъ быдэжу зыкIэришытIащ.
— Хъунщ, мыпхуэдизу ди нанэ зыкIэрумыщIэ уэ хьэлъэжь цIыкIум, — и Iэм къеIэ хуэдэу зищIащ Астемыр. Хужьпагуи щIалитIыр и къару мащIэм къызэрихькIэ зэщIиубыдауэ иIыгът. И нэпситIым фIэкIа и къалэныр игъэзэщIэжыфу мыбы зы Iэпкълъэпкъ иIэжтэкъым. ПсыIэрышэу къежэх нэпсым къиIуатэрт жьэкIэ жимыIэф губампIэр.
Астемыр къыгурыIуэрт лэжьыгъэ зыбжанэ я адэ-анэр къэмысыж щIыкIэ ягъэзэщIэн зэрыхуейр, ауэ лъэкIакъым и щхьэр шынэхъыщIэхэм ейм я гъусэу и нанэм и IэплIэм щимыгъэфIэн.
Хужьпагуэ и Iэм къарууэ иIэжыр хилъхьэри, мы дунеишхуэм псом нэхърэ нэхъ щигъэфIэну хэт къуэрылъху нэхъыжьым и щхьэм трилъхьащ. Астемыр ар быдэу зэщIиубыдэри, ба хуищIащ, Iэ дилъэри пIэм трилъхьэжащ. ЩIалэ Iущым къыгурыIуат мыбы апхуэдиз къару зэримыIэр.
— Хъунщ иджы. ДяпэкIэ гу щытхуэжынущ нанэ псоми. Иджыпсту щхьэж зэрыжытIам хуэдэу, унэр зэлъыIудох, тепIэныр зэщIыдох. КIуэ, Аслъэн, нанэ и шкафым къыдэх тепIэнзэхъуэкI, уэ, цIыкIужьей, пхъэ къыщIыхьэ. Сэ тепIэныр зэщIэсхынщ, — Астемыр хуэмурэ и анэшхуэм и блыпкъыр иубыдри, гъуэлъыпIэм къыбгъэдэт шэнтым тригъэтIысхьащ, псынщIэ дыдэу тепIэныр зэщIихри, уэсым хуэдэу, зэгуэр езы Хужьпагуэ ижьыщIу игъэтIылъыжа, ауэ зэман зыбжанэ лъандэрэ къимыгъэсэбэпа тепIэныр, щIилъхьащ. Аслъэн къыщIихьа тасышхуэр быдэу ятхьэщIри, шэнт лъахъшэ цIыкIум тесу я анэшхуэр абы ирагъэтIысхьащ. И щIыфэр ещхьт уэшх нэужьым дыгъэ гуащIэ зытепсэу зэгуигъэча ятIэм, и щхьэцыр — упщIэ ящIыну зэман кIыхькIэ яуда цым.
— Нанэ, умыукIытэ, уэ дапщэрэ дыбгъэпскIа? Дэ дыхамэкъым, уэ нэхъ гъунэгъу зыри диIэкъым. Алихъанщ нэхъ къэвэрейри, ар мыбыкIэ къыщIэдгъэхьэнукъым. Куэд дэмыкIыу уэ езым зыбгъэпскIыжынущ, Алыхьым жиIэмэ. — Астемыр и жьэр имыгъэувыIэу «пщIэжрэ, нанэ» жиIэрт, Аслъэни зыгуэрхэр щIигъут. Псы хуабэм и щIыфэм къыхилъхьэжа жьы дэхугъуэр Хужьпагуэ игуми и псэми нэсат. УкIытэныр къэгъэнауэ, къару къыхыхьэжамкIэ зэзэмызэ езыри и щIыфэм еIэбырт, зэман кIыхьым и щIыфэм тепщэ щыхъуа гуэлыр трихыжыну. Я анэшхуэр зэпалъэщIыхьу щIагъщIэлъ къабзэ щыщатIэгъэжам Хужьпагуэ и нэгум нурыр кърихырт. Иджы къапэщылъыр зы Iуэху гугъут. ЩIалэхэм ящIэжырт я анэшхуэр и щхьэцым зэрыхущытыр. Абыхэм мызэ-мытIэу зэхахат цIыхубзым, диным зэрыжиIэмкIэ, и щхьэц кIапэ пиупщIыну къызэремызэгъыр. Мыбы и щхьэцым пыбупщIынIа дэнэ къэна, зы щхьэцыпэ къытебнэ хъунутэкъым. УпщIэу зэщIэна щхьэцыгъуэр, зы джэдуукIэ хуэдиз мыхъужыр, и щIыбым мащIэу лъэIэсу еутIыпщхьэхат, ауэ ар къэбутIыпщыжу зэхэпхыжыну зы Iэмал иIэжтэкъым. Мажьэр къэзыщта Астемыр и къуэшым еплъащ: «Сыт тщIэн?» — жыхуиIэу. Аслъэн IэкIэ къригъэлъэгъуащ лэныстэр зэрыбзэр, «пыупщIын хуейщ», — жыхуиIэу.
— Нанэ, уэ игъащIэм ди зы лъэIу тхуумыгъэзащIэу къэнакъым. Иджыпсту ди лъэIур псом я щхьэжщ. КхъыIэ дыкъэгъэгугъэ тхуэбгъэзэщIэну, — щабэу жиIащ Астемыр.
— Сыт, си нэху? — хуэм дыдэу щIэупщIащ Хужьпагуэ.
— КхъыIэ, нанэ, уи щхьэцыр пыдгъэупщI…
ЖиIэн имыухыу Хужьпагуэ и Iэр «хьэуэ» жыхуиIэу игъэсысащ.
— Нанэ, дэ къыдощтэ гуэныхьу къэпхьынур, къэкIыжынщ. Уэлэхьи, мыр пхузэхэмыхыжын мажьэу дунейм тетымкIэ.
Астемыр иIыгъ щхьэц кIапэмкIэ зэIэбэкIащ Хужьпагуэ. Ар иубыдри щIалитI къыбгъэдэтым я нэгу иплъащ:
— ПывупщI, нэху, срес жыхьэнмэм фэр папщIэ. Сыт сэ щхьэцкIэ сщIэжынур, — жиIэри и щIыбагъымкIэ иридзэкIыжащ.
МащIэу тIэкIу къытринэн папщIэ и анэшхуэм и щхьэфэм деж Астемыр тIэкIу ижьащ, лэныстэр къищтэри щхьэцыр пиупщIащ. Щхьэц тIэкIу къытенар дахэу хуражьэкIри щхьэфIэпхыкI къабзэр тралъхьэжащ. Хужьпагуэ и псэм дихужа жьыр къыхуэIуэтэну къару бгъэдэлътэкъым, и гуфIэгъуэ нэпсри ирикъухыжырт сабийхэм ар нэгъуэщIу къащыхъуу езыхэри къыдэмыгъын щхьэкIэ. ЗигъэлIу пхъэ куэд къыщIэзыхьа Алихъан цIыкIу и анэшхуэм зэрыIуплъэу аргуэрыжьу гъын щIидзащ: «НанэчкIэ, сыту удахэIей», — жиIэу. Аргуэрыжьу псори зэщIэгъащ. Астемыр къапэщылъ Iуэхухэр и гум щызэригъэзахуэрти, псынщIэу зыкъищIэжри, и шынэхъыщIитIым захуигъэзащ:
— Аслъэн, накIуэ, уэрэ сэрэ декIуэкIыжынщи, мыхэр джьыщIынщ, ди унагъуэ Iуэхухэри дгъэзэщIэнщ, ди адэ-анэр къэмысыж щIыкIэ. Уэ, Алихъан, нанэ умыгъэзэш. МафIэр умыгъэункIыфIыжу пхъэ тедзэ, нанэ щIыIэм ис хъунукъым, зигъэпскIащи. Дэ ди Iуэхухэр дыухмэ, дыкъыфлъыгъуэзэнщ, — жаIэри щIалитIыр щIэкIыжащ.
Нобэрей махуэр нэхъ кIэщIу къащыхъуу пщыхьэщхьэр псынщIэу къэблэгъащ. Куэбжэ Iух макъыр щызэхахам, щIалэхэр унагъуэ Iуэху псори яухауэ унэ лэжьыгъэхэр ящIыжу стIолым бгъэдэст. УнэкIуэцIым и къабзагъым къигъэлъагъуэрт мыдрей Iуэхухэри зэрагъэзэщIари, Симэрэ Алимрэ щIалэхэм мащIэу къащытхъури, пщэфIапIэмкIэ щIыхьахэщ зэран яхуэмыхъуу.
— Сыту бын хъарзынэ диIэ, Симэ. Ар зи фIыщIэр нэхъыбэу си анэ тхьэмыщкIэрщ, — а дакъикъэм абы игу къэкIыжащ и анэр куэдыщэ хъуауэ зэримылъэгъуар. Мыр пщэдджыжьым жьы дыдэу дэкIырти, пщыхьэщхьэм гувауэ къэкIуэжырт. Зэзэмызэ и щхьэгъусэм: «Дауэ щыт мамэ, уекIуэкIа и дежкIэ?» — жиIэрэ еупщIамэ:
— Дауэ щытын, лъакъуитIкIэ щытщ, дэнэ кIуэн, хъарзынэщ. А нэхъыжьхэр куцIыжьщ. Тхьэ, дэ дынэхъ къарууншэмэ абыхэм нэхърэ, — къыжриIэрти зэрыщIэупщIами хущIригъэгъуэжырт. Ныщхьэби тIэкIу гуват, ауэ и гум щIыIэ-щIыIэу къэкIар къызыхэкIар къыхуэмыщIэу унэм къыщIэкIащ: «Мыбыхэм ящIахэм зэ сахэплъэнщ», — жиIэри щхьэусыгъуэ ищIри. Симэ хьэкум зэрыбгъэдэтыр илъэгъуати, Алим ар къызэрыщIэмыкIынур ищIэу псынщIэу и анэм деж унэ щIыбагъымкIэ екIуэкIащ. Хуэму, зыгуэркIэ жеижамэ къимыгъэушыжын мурадыр иIэу, абы бжэр Iуихри и анэр зыхэлъ пIэмкIэ плъащ. Зи щIыбыр къэгъэза анэм занщIэу зыхищIащ и къуэр унэм къызэрыщIыхьар, ауэ хуейтэкъым нобэ и гум щыщIа къомым ари щыгъуазэ ищIыну, и нэпсыр иригъэлъагъуну. Хужьпагуэ зыкIи ар игъэкъуаншэртэкъым, езы дыдэрщ абы лъэгуажьэмыщхьу елъэIуар и унагъуэр зэтримыкъутэну. Мы иджыпстурей щытыкIэм фIэкIа абы зыри Iэмал иIэтэкъым. Нобэ сабийхэм къыхуащIар и уасэт мылъкууи фIыгъуэуи дуней псом тетым. Абыхэм я анэ акъылыншэм лейуэ кърихар хуигъэгъуащ, а щIалэ дыгъищым ябгъэдэлъ IэфIагъым папщIэ.
(КъыкIэлъыкIуэнущ).
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "27088.txt"
} |
Къэбэрдеишхэр Iэлалэм егъэхъу
Ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэхэм къадэгъуэгурыкIуэ шы гъэхъуным и Iэмалхэр къигъэщIэрэщIэжыну мурад ищIащ ТIуапсы щIыналъэм хиубыдэ Агуий-Шапсыгъ къуажэм щыщ Iэлалэ Дамир. ИлъэсипщIым къриубыдэу абы къэбэрдей-адыгэ шы лъэпкъыгъуэ цIэрыIуэм къытригъэхъукIа гуартэр Шапсыгъым щынэхъ ин дыдэ хъуащ.
Iэлалэ Дамир …ЩIэжьей цIыкIухэр я гъусэу, мамыру хъуакIуэ шыхэм зи фий макъ зэхаха Дамир напIэзыпIэм къаухъуреихьащ. Щхьэхуитыныгъэр фIыуэ зылъагъу псэущхьэ уардэхэр зыгъасэм хуэжыIэщIэщ, абы и гукъыдэжыр псынщIэу зыхащIэ. ЛъэныкъуитIри тыншу зэрызэрыщIэм и нэщэнэу, зейм и къыкIэлъыкIуэ фий макъ къэIури, шыхэр зэбгрыкIыжащ.
— Абы сэ илъэс куэд щIауэ сыхуэкIуэрт, — жеIэ Дамир. — ФIыуэ сощIэж си адэшхуэ Iэлалэ Мусэ жиIэжу щыта хъыбархэр. Абы куэдрэ игу къигъэкIыжырт къуажэм шы зимыIэ унагъуэ дэмысу щыщыта лъэхъэнэр. Иджыпсту фIэщщIыгъуейуэ къыщIэкIынщ, ауэ ди жылэм щыпсэухэм, Хэку зауэшхуэм и пэ къихуэу, псори зэхэту шы 250-м щIигъу яIыгъыу щытащ. Апхуэдэт адрей шапсыгъ къуажэхэми я Iуэху зыIутыр.
Дамир и япэ шыр къызэрищэхурэ илъэсипщI хъуащ. Абы щхьэкIэ ар Псыбэ къуажэм нэс кIуащ. Куэд дэмыкIыу, аргуэру шитI зэригъэпэщри, щIэжьей цIыкIухэри иIэ хъуащ. Абы щыгъуэ Дамир иубла Iуэхум зыри къимыкIыну къэзылъыта куэд къуажэдэсхэм къахэкIащ.
Зэман дэкIри, Iэлалэм и щапхъэм цIыхухэр нэхъ дихьэх хъуащ. Агуий-Шапсыгъ къуажэм дэс Нэгъуджэ Исуф Iэщ гъэхъуным зэрызритрэ илъэситI хъуами арагъэнщ — иджыпсту ар ТIуапсы щIыналъэм мэл нэхъыбэ дыдэ щызезыхуэ хьэрычэтыщIэхэм ящыщщ. Куэд щIакъым щIыпIэ «Жылэ Хасэм» и тхьэмадэ Ныбэ Жамболэт шы зыбжанэ къызэрищэхурэ. Ди фIэщ мэхъу абыхэм я щапхъэм дихьэхын куэд иджыри зэрыщыIэр.
— Иджыпсту гъащIэм нэгъуэщIынэкIэ соплъ, — жеIэ Iэлалэ Дамир. — Нэхъ набдзэгубдзаплъэу, зэпэшэчауэ сыт хуэдэ Iуэхуми сыбгъэдохьэ. Уи гуащIэдэкIым къыпэкIуэр плъагъурэ, гукIи-псэкIи узыбгъэдэт лэжьыгъэр псыхэкIуадэ зэрымыхъур зыхэпщIэжу дунейм утетыным мыхьэнэшхуэ иIэщ. Зэманыр кIуэтэху шыхэм нэхъ сыдахьэх. Ди щIыпIэхэм къихьэ зыгъэпсэхуакIуэхэм куэд къахокI шууэ къакIухьыну хуейуэ. Мис абыхэм сыкъагъэунэхуащи, гъэм и зэман псоми лэжьыгъэ си куэдщ: щIымахуэми, Iэгъуэблагъэм ит санаторэхэм, пансионатхэм зыщызыгъэпсэхухэм ящыщу, шым тесыну зыфIэфIхэм дэ зыкъытхуагъазэ. Гъэмахуэ зэрыхъуу Агуий-Шапсыгъым щIыпIаплъэу къакIуэр пхуэбжынкъым. Аращи, Iуэхуншэ зэи дыхъуркъым.
Тенджыз ФIыцIэ Iуфэм щыпсэу шапсыгъхэм я деж шы гъэхъунымкIэ бжьыпэр щызыIыгъ Iэлалэ Дамир и мурадхэм хэхъуэ зэпытщ. Ауэ ар нэхъыбэу зэлIалIэр и цIэр зэригъэIун, хэхъуэ нэхъыбэ зэрызыIэригъэхьэныракъым. ЩIалэм и гуращэ нэхъ ин дыдэр къызыхэкIа лъэпкъым и пщIэр зэриIэтынырщ, абы ижь-ижьыж лъандэрэ къыдэгъуэгурыкIуэ хабзэ-бзыпхъэхэмрэ Iуэху зехьэкIэмрэ зэрихъумэнырщ.
НЫБЭ Анзор.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "27090.txt"
} |
Дзюдо
Европэм и чемпионатым макIуэ
Мэлыжьыхьым и 25-28-м Венгрием и къалащхьэ Будапешт дзюдомкIэ Европэм и чемпионат щекIуэкIынущ. Урысей Федерацэм и командэ къыхэхахэм хэту абы зыкъыщагъэлъэгъуэнущ ди лъахэгъухэу Къуэдзокъуэ Муратрэ Хьэбэчыр Муратрэ.
Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам и тренерхэм яубзыхуащ Будапешт ди къэралым и щIыхьыр щызыхъумэнухэр. Апхуэдэ пщIэ зыхуащIахэм ящыщщ килограмм 73-м нэс зи хьэлъагъхэм я деж Европэм и чемпион цIэм щыщIэбэныну Къуэдзокъуэ Мурат. Нэгъабэрей апхуэдэ зэхьэзэхуэм и финалым нэса, дунейпсо класс зиIэ спортым и мастер Хьэбэчыр Мурат и ныкъуэкъуэгъухэр нэхъ гуащIэжщ. Ар япэщIэтынущ килограмм 81-м нэс зи хьэлъагъхэм. Къыхэгъэщыпхъэщ ди щIалитIри УФ-м и командэ къыхэхам хэту нэгъабэ дуней псом и чемпион зэрыхъуар.
Лондон щекIуэкIа Олимп Джэгухэм яужькIэ Европэм и дзюдоист нэхъ лъэщхэр япэу иджы Венгрием щызэхуэсу аращ. Абы щытекIуэм и рейтингыр очко 400-кIэ дэкIуеинущ. Дыщэмрэ дыжьынымрэ зэрызэкIэлъыкIуэм хуэдэу очко 240-рэ, 160-рэ къахуихьынущ.
Щхьэзакъуэ зэпеуэхэм яужькIэ гуп зэхьэзэхуэхэри Будапешт щекIуэкIынущ. АрщхьэкIэ абы Къуэдзокъуэмрэ Хьэбэчырымрэ хэтынукъым.
Хьэтау Ислъам.
Атлетикэ хьэлъэ
Къэзан къапоплъэ
Спортсмени 100-м щIигъу зыхэта атлетикэ хьэлъэмкIэ КИФЩI-м и чемпионат мэлыжьыхьым и 16-м Хъудырмэз (Гудермес) щекIуэкIащ. Абы къыщыхахащ накъыгъэм и 28-м щегъэжьауэ мэкъуауэгъуэм и 3 пщIондэ Къэзан щекIуэкIыну Урысей чемпионатым кIуэнухэр. КИФЩI-м и зэхьэзэхуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсмен 22-рэ хэтати, 6-м ехъулIэныгъэхэр зыIэрагъэхьащ.
Къэзан кIуэну Iэмал зыгъуэтахэм ящыщщ дыщэ медалхэр зыIэрызыгъэхьа ди спортсменхэу Урысейм спортымкIэ и мастер Макаровэ Галинэрэ (кг 75-м нэблагъэ), дунейпсо класс зиIэ спортым и мастер Къущхьэ Татьянэрэ (кг 78-м щIигъу), чемпион хъуа дунейпсо класс зиIэ спортым и мастер Созаев Мухьэмэд (кг 94-рэ), дыжьыныр зылъысахэу спортым и мастер АфIэунэ Игоррэ (кг 85-рэ) спортымкIэ мастерым и кандидат Хъурзокъуэ Арсенрэ (кг 67-рэ).
Спортым и мастер Настуев Юсуп (кг 105-рэ) жэз медалыр къихьащ.
ГУГЪУЭТ Заремэ.
Тхэквондо
КИФЩI-м и спартакиадэм хэтынухэр къыхах
ТхэквондомкIэ КъБР-м и еджакIуэхэм я республикэ зэхьэзэхуэ Налшык щекIуэкIащ. Абы щаубзыхуащ накъыгъэм и 25-м Шахты къалэ щыIэну Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и спартакиадэм кIуэнухэр. А гупым хэхуащ япэ увыпIэ къэзыхьа спортсмени 10.
Командэхэм я зэпеуэм бжьыпэр щиубыдащ Бахъсэн щIыналъэм и гуп къыхэхам. Прохладнэдэсхэр етIуанэ хъуащ, Налшык и командэр ещанэщ.
КъБР-м тхэквондомкIэ и федерацэм и унафэщI Щокъарэ Хьэзрэт къызэрыхигъэщамкIэ, мы зэхьэзэхуэр 2014 гъэм екIуэкIыну етIуанэ Гъэмахуэ НыбжьыщIэ Олимп джэгухэм кIуэнухэр наIуэ къэзыщIуи жыпIэ хъунущ. Илъэс къакIуэ шыщхьэIум и 16 — 28-хэм зэхыхьэну а зэхьэзэхуэм хэтынущ илъэс 14-18 хъу ныбжьыщIэхэр. Олимпиадэм спортсмен минищым щIигъу кърихьэлIэнущ. Ахэр спорт лIэужьыгъуэ 26-кIэ зэхьэзэхуэнущ.
Гъэунэ Светланэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "27095.txt"
} |
Бзухэр яхъумэ
Налшык къалэ администрацэм щIалэгъуалэ Iуэхухэмрэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмкIэ и къудамэм экологиемкIэ акцэ иригъэкIуэкIащ. Ар ехьэлIат гъатхэм ди щIыпIэм къэлъэтэжа къуалэбзухэр хъумэным.
Iуэхур щрагъэкIуэкIар ди щыхьэрым и плIанэпэ нэхъ дахэхэм хабжэ дэшхуей хадэрщ.
Дыкъэзыухъуреихь дунейм и къабзагъэмрэ дахагъэмрэ хъумэным ехьэлIа Iуэхум жыджэру зыкъыщагъэлъэгъуащ щIалэгъуалэм я Налшык къалэ советымрэ щIалэгъуалэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм хэтхэмрэ. Абыхэм жыгхэм фIащIащ пIалъэкIэ нэхъ мыхъуми, къэбгъэсэбэп хъуну бзу шхалъэ цIыкIухэр. Дэтхэнэ зыми тхьэмахуэ хуэдизкIэ зырикъун щыкъун хуракIутэжащ. Мы Iуэхум хэтахэм псалъэ ятащ, тхьэмахуэ къэс зэ къакIуэурэ, бзу цIыкIухэм яшхын хуралъхьэну.
КъызэгъэпэщакIуэхэм къызэрыджаIамкIэ, акцэм и къалэн нэхъыщхьэр сэкъат зыгъуэту хуежьа ди щIыналъэ фаунэр щIыуэпсым и хабзэхэм тету зэтес щIыжынырщ. «Гу лъытапхъэщ гъатхэ лъэхъэнэм ди щIыпIэм къэзыгъэзэж къуалэбзухэм ящыщ куэд мэжэщIалIагъэм и зэранкIэ зэрызэтекIуадэр. А цIыкIухэм шхынкIэ дахуэсакъмэ, шэч хэлъкъым япэхэм хуэдэу, ахэр зэрытхуэбэгъуэжынум», — жаIащ ныбжьыщIэхэм.
Жанхъуэт Зузэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "27098.txt"
} |
Тхылъи 150-рэ къызэщIэзыубыдэ «Черкесика»-р
Урыс усакIуэшхуэ Лермонтов Михаил теу- хуа тхылъыфIхэм екIуу яхэуващ иджыблагъэ дунейм къытехьа «Черкесика»-м и етIуанэ къыдэкIыгъуэр.
НэгъуэщI зы кавказыбзэми къемыхъулIауэ
Тхылъым и япэ Iыхьэр къызэIуах Лермонтов Михаил Кавказым триухуа и поэмибгъум. Зыр — «Мцыри»-р — «куржы» тхыгъэу ябж. Адрейхэр — езы урыс усакIуэри зыхэта, илъэсищэрэ зыкIэ екIуэкIа Кавказ зауэм теухуахэращ.
ЕтIуанэ Iыхьэм а поэмэ дыдэхэр итщ, КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, ди зэманым нэхъ Iэзэ дыдэу къалъытэ адыгэ усакIуитхум хабжэ Ацкъан Руслан зэридзэкIауэ. Iуэхум хэзыщIыкIхэм зэрыжаIэмкIэ, Руслан и зэдзэкIыгъэхэр апхуэдизкIэ фIыуэ къехъулIащи, зэзэмызэ езы урыс усакIуэм и IэдакъэщIэкIхэм щефIэкI къохъу. Абы и щхьэусыгъуэу къэплъытэ хъунури IупщIщ. Лермонтовым «Шэрджэсхэмрэ» «Кавказ гъэрымрэ» щитхар и анэшхуэм и гъусэу Псыхуабэ зыгъэпсэхуакIуэ къыщыкIуа 1827 гъэрат, езы усакIуэр илъэс 13 фIэкIа мыхъуу. Ацкъан Руслан ахэр зэридзэкIын щыщIидзар езыр илъэс щэ ныкъуэм щхьэдэха нэужьщ, цIыху балигъым и акъылкIэ псори зэпишэчауэщ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ, нэгъуэщI зы кавказыбзэми къемыхъулIауэ, Лермонтовым и поэмибгъур адыгэбзэкIэ зэдзэкIа хъуащ.
«Черкесика» тхылъ гупымрэ «Британика» щIэнгъуазэмрэ
Сэ адыгэбзэ сщIэркъыми, нэсу къызгурымыIуэнкIи хъунщ тхылъым и фIагъыр, ауэ зэхэсхамрэ слъэгъуар къызэрысщыхъуамрэ ятеухуауэ сытепсэлъыхьынщ зи гугъу сщIы лэжьыгъэм.
Зы тхылъым адрейр кIэлъыкIуэу къыдэкIын щIэзыдза «Черкесика» тхылъ Iэрамэр зэбгъапщэ хъунур «Британика» щIэнгъуазэращ. ЗэрамурадымкIэ, ахэр тхылъищэрэ щэ ныкъуэрэ ирикъунущ, бзитIым игъэзэгъауэ: языныкъуэ тхыгъэхэр урысыбзэкIэщ, адрейхэр адыгэбзэкIэщ къызэрыдэкIынур. Мы етIуанэ къыдэкIыгъуэм ещхьу, бзитIри щызэгъуси къыхэхуэнущ.
Аращ унафэу къащтар проектым и редколлегием. Абы хохьэ КъШР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI, филологие щIэныгъэхэм я доктор Бэчыжь Лейлэ, «Звезда» журналым и редактор нэхъыщхьэ Гордин Яков, ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, Адыгеймрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ я ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэхэм я Iэтащхьэхэу МэщбащIэ Исхьэкърэ КхъуэIуфэ Хьэчимрэ, н.
Адыгэ тхыдэр, IуэрыIуатэр, щэнхабзэр, диныр, бзэр, гупсысэкIэр, псэукIэр зыфIэгъэщIэгъуэнхэм сэбэп яхуэхъун защIэу щытынущ а тхылъхэр. Абыхэм ихуэнущ литературэ тхыгъэхэр, дэфтэрхэр, политикэм, дзэм, литературэм, жылагъуэ гъащIэм щыцIэрыIуэ адыгэхэм я къекIуэкIыкIахэм теухуахэр.
Тхылъ гупым и япэ Iыхьэр СССР-ми Урысей Федерацэми куэд хуэзылэжьа, щIэныгъэлI зэчиифIэ, политик щэджащэу щыта Къалмыкъ Юрэ теухуауэ къыдагъэкIащ.
ЕтIуанэ томым, зэрыжытIащи, Лермонтовым и кавказ поэмэхэр адыгэбзэрэ урысыбзэкIэ ихуащ. Мы къыдэкIыгъуэм щыщу тхылъипщI тыгъэ хуащIынущ Лермонтовым и музейуэ Псыхуабэ дэтым.
«Черкесика» тхылъхэр къыдэгъэкIын жэрдэмыр къыхэзылъхьа, абыхэм я редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд игу къегъэкIыж а музейм и унафэщIым нэIуасэ хуэхъуауэ зэрыщыта щIыкIэр. Урыс усакIуэм теухуауэ я школым 1964 гъэм щекIуэкIа зэпеуэм япэ увыпIэр къыщызыхьа щIалэм Андроников Ираклий, Лермонтовым и IэдакъэщIэкIхэр зы-джа щIэныгъэлIхэм я нэхъ Iэзэм, и тхылъ къратат. Илъэс щэ ныкъуэ дэкIа нэужь, Мухьэмэд ар музейм иритащ. Иджы а тыгъэм кIэлъокIуэ «Черкесика»-м и етIуанэ тхылъ щIэращIэр. Ар дыдэр Мухьэмэд ипхъу нэ-хъыжь Данэ лъигъэIэсынущ Иорданием и пащтыхьыпхъу Уиждан. Данэ илъэс куэд хъуауэ а къэралым щопсэу, и IэщIагъэкIэ егъэджакIуэщи, адыгэбзэр щIэблэм ярегъащIэ. Нэ- хъыщIэ Лацэ Налшык дэсщ, экономисту мэлажьэ.
— ФIыщIэшхуэ худощI ЩIДАА-м щIыхь зиIэ и академик Шакъ Елберд. Абы игъэлажьэ «Тетра-граф» тхылъ тедзапIэращ «Черкесика»-р къыщыдэкIыр, — жеIэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. — ЕтIанэгъэ, Лермонтовыр къызэралъхурэ илъэс 200 щрикъум ирихьэлIэу, тредгъэдзэну ди мурадщ мы къыдэкIыгъуэм щыщ экземпляр 500.
«Уафэгъуагъуэ макъым» и джэрпэджэж
Ещанэ къыдэкIыгъуэм ихуэнущ Шинкубэ Бэгърат и «ЖылакIэмрэ» Лохвицкий Михаил и «Уафэ-гъуагъуэ макъымрэ». Абы хуигъэхьэзырауэ а тхыгъэхэр ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и стIолым телъщ. Япэр Симонов Константин зэридзэкIауэ щытащ, етIуанэр зэрытхар урысыбзэщ. ТIури зытеухуар Кавказ зауэм ирилъэсыкIа убыххэмрэ тенджыз ФIыцIэм и Iуфэм щыпсэу шапсыгъхэм я къекIуэкIыкIамрэщ. Иужьрейхэм ящыщу къэнэжар цIыху миниплIрэ щитхурэщ.
Лохвицкэр езыр шапсыгъти, и лъэпкъым тетхыхьыжауэ аращ. Совет зэманым ар Куржым и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и урыс къудамэм и Iэтащхьэу щытащ. Абы и гъащIэ гъуэгум теухуащ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и тхыгъэу ещанэ тхылъым ихуар. Арат зэзыдзэкIауэ щытар Лохвицкэм и повестым къытращIыкIыжа пьесэр. Апхуэдэу ещанэ тхылъым итынущ критик цIэрыIуэ Кожинов Вадим Шинкубэ Бэгърат триухуауэ щыта тхыгъэр.
— 1989 гъэм «Уафэ- гъуагъуэ макъыр» Къэбэрдей къэрал драмэ театрым щагъэуващ, — игу къегъэкIыж ХьэфIыцIэм. — Гъэлъэгъуэныгъэхэм езы Лохвицкий Михаил кърихьэлIэгъат.
Шинкубэрэ Лохвицкэмрэ я тхыгъэхэр адыгэбзэ дахэм къригъэзэ-гъащ, критикхэм зэрыжаIэмкIэ, нобэрей адыгэ тхыбзэм нэхъ хуэIэкIуэлъакIуэхэм ящыщ, тхакIуэ Къэрмокъуэ Хьэмид.
«Черкесика»-м и еплIанэ къыдэкIыгъуэм ихуэнущ «Щикъухьащ адыгэр дунеижьым» фIэщыгъэм щIэту зэхуэхьэса тхыгъищ: Къумыкъу Мамдухь и «Адыгэхэм ирагъэкIуэкIа бэнэныгъэмрэ зыхэта зауэхэмрэ»; КхъуэIуфэ Хьэчим зэхуихьэсыжа, XX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм Истамбыл щытрадзэу щыта «Гъуазэ» газетым и къыдэкIыгъуэхэмрэ абы и тхыдэмрэ; ХьэфIыцIэ Мухьэмэд хамэ къэрал щыпсэу адыгэхэмрэ Мысыр пащтыхьы- гъуэмрэ ятеухуауэ иIэ лэжьыгъэхэр.
«Черкесика»-м ихуэну псори нобэкIэ къытхуемыбжэкIынуми, тхылъеджэхэм я нэ къызы- хуикIхэм ящыщщ Гордин Яков и тхылъхэр, Ольшевский Милентий лыхь (поляк) тхакIуэм и лэжьыгъэхэр, Баддели Джон инджылыз щIэныгъэлIым и IэдакъэщIэкIхэр, испанщылъху Ван-Галлен Хуан и къалэмыпэм къыщIэкIахэр, Кавказ зауэм хэта генералхэу Тучков С. А., Гудович И. В., Германов И. И. сымэ я гукъэкIыжхэр. Абыхэм ягуэувэнущ лыхь къэхутакIуэ Пшишевич А. С., Александр Езанэ пащтыхьым и шугъусэу щыта граф де Рошешуар сымэ я тхыгъэхэри.
КъыкIэлъыкIуэну тхылъхэм ихуэнущ КъБР-м, Адыгейм, КъШР-м я щIэныгъэлIхэм Кавказ зауэм траухуа я лэжьыгъэхэр, МэшбащIэ Исхьэкъ, Чуякъуэ Инус сымэ я тхыдэ романхэр, нэгъуэщI куэди.
ОБИЛЬНЫЙ Петр.
«Московский
комсомолец» газетым къитхыжащ.
2013 гъэ,
мэлыжьыхьым и 17
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "27101.txt"
} |
ФIы щIэи, псым хэдзэ
Сирие Хьэрып Республикэм щекIуэкI зауэ-политикэ зэпэщIэувэныгъэхэм зэрыщIидзэрэ щIы хъурейм тес цIыхуфI псори иригузавэу а къэралым къыщыхъухэм кIэлъоплъ. А щIыпIэм ижь-ижьыж лъандэрэ щыпсэу хьэрыпхэм къищынэмыщIа, гугъуехь мыухыжым хэхуащ абы щыхэхэс цIыху минищэм щIигъу адыгэхэри.
Зауэ зэпэщIэувэныгъэм и япэ махуэхэм щегъэжьауэ, зи Хэку къэзыгъэзэжхэм защIэгъэкъуэнымкIэ, Урысей Федерацэми нэгъуэщI къэралхэми щылажьэ адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм яхузэфIэкI къагъэнэркъым. Абыхэм я гуащIэ халъхьэкIэрэ, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ республикэхэм псори зэхэту цIыху миным нэблагъэ къагъэзэжащ.
АрщхьэкIэ я Хэкужь зи щхьэ къезыхьэлIэжа адыгэхэр къыздэкIуэжам гугъуехь куэдым щыIууащ: зыщIэсын унэкIи, мылъкукIи тэмэму къызэрызэмыгъэпэщам, лэжьэну хуейхэм здыIуувэн IэнатIэ зэрамыгъуэтым, нэгъуэщI-къинэмыщIхэми къахэкIкIэ. КъэIэпхъуэжахэм я нэхъыбэр къуажэхэм мэIэпхъуэ, санаторэхэм къыщIокIыж. Абы къыдэкIуэуи, къэзыгъэзэжахэм икIэщIыпIэкIэ зыдэIэпыкъун хуей унагъуэхэри яхэтщ: адэ-анэм ящыщ зыр зыщхьэщымытыжхэр, сабий цIынэ зэрысхэр, сымаджэ хьэлъэ зезыхьэхэр, нэгъуэщIхэри.
Ди республикэм щыпсэу цIыхухэр, нобэкIэ яхузэфIэкI къамыгъанэу, щытыкIэ гугъум иува хэкуэгъухэм ядоIэпыкъу. ЕрыскъыхэкIкIэ, щыгъынкIэ зэрызыщIагъакъуэм къищынэмыщIа, къэIэпхъуэжахэм ахъшэкIэ япэIэбэхэри мащIэкъым. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, къэзыгъэзэжахэм я дежкIэ псом нэхъапэр гулъытэ къызэрыхуащIыр, къазэрыщыгуфIыкIыр, къазэрыхуэныкъуэр зыхащIэнырщ, утыку къызэрырамынэнури хьэкъыу япхыкIынырщ.
ЕгъэтIылъэкI жыхуаIэр ямыщIэу, зы махуэ къэмынэу, Сирие къэралым къиIэпхъукIыжа адыгэхэм я Iуэху зэрахуэ ДАХ, КъАХ, «Пэрыт» жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм, КъБР-м ЦIыхубэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министерствэм хэкуэгъуэхэм ядэлэжьэнымкIэ и къудамэм, нэгъуэщIхэми.
Налшык къалэ щыIэ зыгъэпсэхупIэхэм щIэс хэкуэгъухэм я унэцIэхэр «Адыгэ псалъэ», «Газета Юга» газетхэм къызэрытрадзэу, Адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я ЗэзыгъэуIу советым хэтхэм унафэ къащтащ нэхъ хуэмыщIа унагъуэхэм ахъшэкIэ зыщIагъэкъуэну. Апхуэдэ гукъэкI зыщIахэм ящыщщ Къалмыкъ Жылэбий, Шэшэн МуIэед, Джэрыджэ Хьэсэн, Уэрэзей Суфэдин, ГуэбэщIыкI Владимир, ГуэбэщIыкI Жантемыр, Щэуей Суфэдин, Мысрокъуэ МэчраIил сымэ, нэгъуэщIхэри. ДэIэпыкъуныгъэр зыхуаунэтIахэм ялъэгъэIэсынымкIэ сэбэп хъуащ «Пэрыт» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ СтIащ Ахьмэд.
Зи Хэку къихьэжахэм ящыщу цIыху зыбжанэм езым я IэщIагъэм теухуауэ лэжьапIэ къыхуагъуэтащ. АбыкIэ сэбэп хъуахэм зэхэщIыкI лъагэ къызэрагъэлъэгъуамкIэ фIыщIэ яхуэфащэщ.
Адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я ЗэзыгъэуIу советым езым и хэщIапIэм гъатхэпэм и 20-м щызэхуишэсащ КъБР-м щыпсэу лIакъуэ нэхъ ин дыдэхэм я лIыкIуэхэр. Ахэр къэзыгъэзэжахэм ящыщу я унэцIэджэгъухэм ядэIэпыкъуну къыхураджащ.
Зи гугъу тщIы зэхуэсым къекIуэлIахэщ Къардэнхэ, КIэрэфхэ, ДыщэкIхэ, Токъмакъхэ, Науржанхэ, Бабыгуейхэ, Щауэжьхэ, Хъурзокъуэхэ, Щэ- уейхэ, нэгъуэщI лъэпкъхэми къахэкIа цIыхухэр. Зэхыхьэм кърихьэлIа псоми хамэ къэрал къиIэпхъукIыжа хэкуэгъухэм зыщIагъэкъуэну гукъыдэж зэраIэр къаIуэтащ. КъищынэмыщIауэ, абыхэм къагъэлъэгъуащ Сирием къикIыжахэм ядэIэпыкъун Iуэхур нэхъ щIэгъэхуэбжьа хъун папщIэ, псори щызэрыщIэ телемарафон егъэкIуэкIамэ зэрынэхъыфIыр.
ЗэзыгъэуIу советым, щытыкIэ гугъум ихуа ди хэкуэгъухэм ядэIэпыкъуным теухуауэ, Къэбэрдейм щыпсэу адрей лIакъуэхэми захуегъазэ икIи псапэрэ фIыгъуэшхуэрэ зыпылъ мы Iуэхугъуэшхуэм щхьэж хузэфIэкI хилъхьэну дэтхэнэ зы адыгэри къыхуреджэ.
Хэкуэгъухэм зыгуэркIэ ядэIэпыкъуну хуейхэр псалъэ хъунущ мы телефонхэмкIэ:
Жылагъуэ зэгухьэныгъэхэу: 89034255884 — СтIащ Ахьмэд («Пэрыт»); 8962 6521056 — Къэбардэ Астемыр (Адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я ЗэзыгъэуIу совет), 89286916920 — Мыкъуэжь Арсен (Дунейпсо Адыгэ Хасэ); 89286934817 — Щоджэн Iэминат (Къэбэрдей Адыгэ Хасэ).
Къумахуэ Аслъэн.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "27122.txt"
} |
115-нэ шу дивизэм щыщу зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъу хуей жыги 115-рэ Къэхъун къыщокI
Щэбэт кIуам Къэхъун дэт курыт школ №2-м Iуэху дахэ щекIуэкIащ. Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм бийм пэщIэта 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шу дивизэм и фэеплъу еджакIуэхэмрэ хьэщIэхэмрэ школ пщIантIэмрэ бжэIупэмрэ хуей жыги 115-рэ щыхасащ.
Къэхъун курыт еджапIэ №2-м щекIуэкIа зэIущIэм хэтахэр. Апхуэдэ Iуэху кърахьэжьэным жэрдэмщIакIуэ хуэхъуащ ДОСААФ-м и къудамэу Аруан куейм щылажьэмрэ КъБР-м и Парламентым и ЩIалэгъуалэ палатэмрэ. Iуэхур зыхуей хуэзэу къызэгъэпэщыным, хуей жыгхэр къэхъундэсхэм къалъэIэсыным я гуащIэ халъхьащ Къэхъун къуажэ администрацэм и Iэтащхьэ Тамбий Амир, «Iуащхьэмахуэ лъапэ» лъэпкъ паркым и унафэщIым и къуэдзэ Чочаев Малик, абы и лэжьакIуэ Узденов Билал сымэ.
Къэбгъэлъагъуэмэ, школым щекIуэкIа зэхыхьэм лъабжьэ хуэхъуар зауэ-хэкупсэ гъэсэныгъэ куу районым зэрыщекIуэкIырщ. 10-нэ «б» классым щIэс ныбжьыщIэхэм щIалэгъуалэ парламентархэр ирагъэблагъэу «стIол хъурей» щрагъэкIуэкIам къыхалъхьауэ щыта Iуэхущ щэбэтым ягъэзэщIар. ИкIи зи щIыхькIэ кърахьэжьа шу дивизэм и хъыбарми, абы хэта зауэлIхэм зэрахьа лIыгъэми фIыуэ щыгъуазэ щIалэхэмрэ пщащэхэмрэ жыджэру хэтащ жыг хэсэным.
Зи гугъу тщIы зэхыхьэм кърихьэлIащ КъБР-м цIыхубэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин, Аруан район администрацэм физкультурэмрэ спортымкIэ и къудамэм и унафэщI КIурашын Владимир, Къэхъун къуажэ администрцэм и Iэтащхьэ Тамбий Амир, КъБР-м и ДОСААФ-м и унафэщIым и къуэдзэ, полковник МацIыхъу Хъусен, а IуэхущIапIэм и къудамэу Аруан куейм щыIэм и унафэщI Гулэжын Беслъэн, Аруан районым и ветеранхэм я советым и тхьэмадэ Джэдгъэф Мухьэрбий, Къэхъун къуажэм и ветеранхэм я пашэ Жэмыхъуэ Щыхьырбий, КъБР-м и ЩIалэгъуалэ палатэм хэт Кайгермазов Арсен, ПДН-м и инспектор, полицэм и подполковник Черновэ Аленэ, Калашниковым и цIэкIэ щыIэ зауэ-спорт жылагъуэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ МацIыхъу Руслан, КъБР-м и фочгъауэ союзым и унафэщI Жылокъуэ Энрико сымэ.
ЗэIущIэр къыщызэIуахащ школым и пэIущIэ пэшышхуэм. Абы щегъэувэкIат 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шу дивизэм теухуауэ еджапIэм щызэхуахьэсыжа сурэхэмрэ тхыгъэхэмрэ. Иджыри и кIэм нэсу къамыхутами, нобэкIэ къэхъундэсхэр щыгъуазэщ дивизэ цIэрыIуэм я къуажэгъухэми лIыгъэ зэрыщызэрахьар, цIыху 30-м нэблагъэ зэрыхэкIуэдар.
Нэмыцэ фашистхэм Ростов областым щхьэмыгъазэу щапэщIэта дивизэм и къекIуэкIыкIам кIэщIу тепсэлъыхьри, Къумахуэ Мухьэдин щIалэгъуалэр къыхуриджащ зауэлI хахуэхэм я фэеплъыр зыщамыгъэгъупщэу, лIыгъэщIапIэ щихуам щхьэмыгъазэу зэриувыкIар я гъуазэу псэуну.
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ шу дивизэм и лIыгъэр къэрал псом щызэбгрыкIащ. Абы и фэеплъым хуэфащэ пщIэ хуащIу, абыхэм папщIэ зэхашэ мыпхуэдэ зэIущIэхэр Iэтауэ, махуэшхуэ щIыкIэм тету егъэкIуэкIын зэрыхуейр къыхигъэщащ полковник МацIыхъу Хъусен. ЩIэблэр я хэкуэгъухэм иригушхуэу, абыхэм зэрахьа лIыхъужьыгъэр щапхъэ яхуэ- хъуу къыдэкIуэтеин зэры- хуейр, ар къайхъулIэнымкIэ Къэхъун дэт школ №2-м щекIуэкI Iуэхум хуэдэхэр зэрысэбэпыр къыхагъэщащ зэIущIэм къыщыпсэлъа нэхъыжьыфIхэм.
НыбжьыщIэхэм, псом хуэмыдэу щIалэ цIыкIухэм, ягури я псэри етауэ хэтащ мы Iуэхум. Бел къэзыщтэ нэ- хъыжьхэм япэщIэкIуатэрэ ядэIэпыкъуу, дэтхэнэми жыг нэхъыбэ зэригъэтIысыным хуэпабгъэу махуэр екIуэкIащ.
ЗэIущIэр екIуу къызэгъэпэщыным зи гуащIэ нэхъыбэ хэзылъхьар ДОСААФ-м и къудамэу Аруан куейм щыIэм и унафэщI Гулэжын Беслъэнщ, абы къыздиша курсант ныбжьыщIэхэми я къалэныр дахэу ягъэзэщIащ. Апхуэдэуи 115-нэ шу дивизэм хэта лIыхъужьхэм я бынхэми, абыхэм я быныжхэми я гуапэу зыкърагъэхьэлIэри, жыг зырыз ягъэтIысащ.
Хуей жыги 115-рэ зи пщIантIэ дэт школым щеджэхэми, дяпэкIэ къыщIэтIысхьэнухэми, дауи, ящIэнущ щхьэмыгъазэу бийм пэщIэта шу дивизэм хэта цIыху мин зыбжанэм зэрахьа лIыгъэм и хъыбарыр, ахэр я гъуазэу къыдэкIуэтеинущ зи мамыр гъащIэм папщIэ зауэлIхэм я псэр щIата щIалэгъуалэр.
НэщIэпыджэ Замирэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "27124.txt"
} |
ЩIэблэщIэм и зэфIэкIыр
КъБР-м и Iэтащхьэм деж Лъэпкъ проектхэр гъэзэщIэнымрэ демографие политикэмкIэ щыIэ советым и зэIущIэ Правительствэм и Унэм щызэхэтащ. Ар къызэIуихащ икIи иригъэкIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен.
Илъэс еянэ хъуауэ республикэм и зыужьыныгъэм и сэбэп къихьу лажьэ лъэпкъ проектхэр дяпэкIи гъэзэщIа хъун папщIэ, псори зэкъуэувэу я къару ирахьэлIэн хуейуэ къызэрилъытэр жиIащ Къанокъуэ Арсен зэIущIэм и пэщIэдзэм. КъБР-м и Iэтащхьэм къыхигъэщащ арэзы укъэзымыщI гуэрхэри Iуэхум зэрыхэлъыр, ехъулIэныгъэм хуэпабгъэу, лэжьыгъэр щIагъэхуабжьэу, зыщымысхьыжу лэжьэн зэрыхуейр. Егъэджэныгъэр егъэфIэкIуэным ехьэлIауэ кърахьэжьа Iуэхухэм я фIыгъэкIэ егъэджакIуэхэри, зэфIэкI зыбгъэдэлъ щIэблэри нэхъ тегушхуауэ лажьэ, еджэ зэрыхъуам щхьэхуэу къытеувыIащ Iэтащхьэр. Узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэм зегъэужьыныр япэ игъэщыпхъэхэм зэращыщыр игъэбелджыла нэужь, абы дыщIигъуащ 2005 гъэ лъандэрэ лIэм нэхърэ къалъхум я бжыгъэр нэхъыбэ зэрыхъум зэрыщыгуфIыкIыр. Республикэм и Iэтащхьэм зи гугъу ищIахэм ящыщщ цIыхухэр псэуалъэкIэ къызэгъэпэщыным ехьэлIауэ къаIэт Iуэхухэр, мэкъумэш хозяйствэм игъуэт зыужьыныгъэхэр, нэгъуэщIхэри.
Семэн Пщыкъан «Егъэджэныгъэ», «Узыншагъэр хъумэн», «Урысейм и цIыхухэм — псэупIэ тэмэм» лъэпкъ проектхэр, мэкъумэш хозяйствэм зегъэужьыным хуэунэтIа къэрал программэр гъэзэщIа зэрыхъумрэ 2013 гъэм тещIыхьауэ я лэжьыгъэр зэраубзыхуамрэ ятеухуауэ министрхэр зэIущIэм къыщыпсэлъащ.
КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Семэн Пщыкъан и гугъу ищIащ «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектыр ди республикэм зэрыщылажьэ щIыкIэм. Абы къызэрыхигъэщамкIэ, «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектыр къызэрежьэрэ егъэджакIуэ 440-м грант къахьащ. Мы гъэм егъэджакIуэ нэхъыфIу къалъыта цIыхуийм сом мин щитI-щитI, цIыхуитхум мини 100 зырыз, пщIым мин 50 дэтхэнэми иратащ.
Класс унафэщI къалэн мытыншым пэрытхэм ящыщу егъэджакIуэ 4738-м 2012 гъэм я улахуэм хущIагъуащ. Абы трагъэкIуэда ахъшэр сом мелуан 66-м ноблагъэ. Министрым жиIащ щIэблэм я зэфIэкIыр здынэсыр къахутэн мурадкIэ, зэпеуэхэр щIэх-щIэхыурэ зэрырагъэкIуэкIыр. Абыхэм ди щIалэгъуалэм акъылыфIэу, набдзэгубдзаплъэу, еджэным хуэпабгъэу зыкъыщагъэлъагъуэ. Щыхьэту урикъунщ щIэблэм нэхъ жыджэру ядэлажьэ хэгъуэгу 27-м Къэбэрдей-Балъкъэрри зэращыщыр.
Шэт Ирмэ Егъэджэныгъэм зрагъэужьын мурадкIэ, илъэс кIуам егъэджакIуи 8 хамэ къэралхэм ягъакIуэри, я щIэныгъэм щыхагъэхъуащ, а къэралхэм зэрыщрагъаджэр зрагъэщIащ. И псалъэхэм я кIэухыу Семэн Пщыкъан жиIащ «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектым къызэщIиубыдэ Iуэхухэр и зэманым зыхуей хуэзэу зэфIэгъэкIа зэрыхъур.
КъБР-м узыншагъэр хъумэнымрэ курортхэмкIэ и министр Шэт Ирмэ псалъэ ирата нэужь жиIащ 2006 гъэ лъандэрэ ягъэзащIэ лъэпкъ проектыр цIыхухэм хуащIэ медицинэ Iуэхутхьэбзэхэр и чэзум, гъуэтыгъуафIэу къызэгъэпэщынымкIэ сэбэпышхуэ зэрыхъур. Ар лъапIэныгъэ псоми я щхьэ узыншагъэр хъумэным, егъэфIэкIуэным хуэунэтIащ. 2012 гъэм а проектым ипкъ иткIэ, Iуэху зыбжанэ къиIэтащ зи гугъу тщIы министерствэм. Абыхэм ящыщщ анэхэмрэ сабийхэмрэ хуащIэ дохутыр Iуэхутхьэбзэм зегъэубгъуныр, зи IэщIагъэм фIыуэ хэзыщIыкI IэщIагъэлIхэм я бжыгъэм хэгъэхъуэныр, гъащIэ узыншэм цIыхухэр къыхуеджэныр. Шэтым и псалъэхэм къыхигъэщащ 2012 гъэм сабий 13722-рэ дунейм къызэрытехьар. Иужьрей илъэситхум нэгъабэ нэхъыбэ къыщалъхуа хэткъым. 2012 гъэм узыншагъэр егъэфIэкIуэнымкIэ къаIэта Iуэхухэм япкъ иткIэ, медицинэм и лэжьакIуэхэм я улахуэм хэхъуащ: дохутырхэм — процент 39-кIэ, лэжьакIуэ къызэрыгуэкIхэм — процент 21-кIэ. Шэтым жиIащ медицинэ IэмэпсымэщIэхэр дяпэкIи сымаджэщхэм зэрыщIагъэувэр. Абыхэм ящыщщ игъуэ нэмысу дунейм къытехьа сабийхэр зрагъэгъуалъхьэ, зэрагъэбауэ Iэмэпсымэхэр. КъищынэмыщIауэ, сабийр дунейм къытемыхьэ щIыкIэ и Iэпкълъэпкъым, зыужьыкIэм сэкъат иIэрэ имыIэрэ зэрыкIэлъыплъ Iэмэпсымэ федеральнэ мылъкум къыхэкIыу къызыхуащэхунухэм ди республикэри мы гъэм хагъэхьащ. Сабий зеиншэхэм, адэ-анэхэм я нэIэ щIэмытхэм я узыншагъэр ирагъэфIэкIуэным 2012 гъэм сом мелуанихым щIигъу трагъэкIуэдащ. Апхуэдэ дэIэпыкъуныгъэ ялъысащ сабий минитIым щIигъум. Министрым къызэригъэлъэгъуамкIэ, узыншагъэм цIыхум дежкIэ иIэ мыхьэнэр фIыуэ къызыгурыIуэ ди цIыхухэм ящыщу, узыншагъэр щрагъэфIакIуэ унэхэм екIуалIэр тIукIэ нэхъыбэ хъуащ.
Мамий Артур 2013 гъэм Узыншагъэр хъумэнымрэ курортхэмкIэ министерствэм къалэн нэхъыщхьэу зыхуигъэувыжар цIыхухэм хуащIэ дохутыр Iуэхутхьэбзэхэр, Iэмал зэриIэкIэ, ирагъэфIэкIуэнырщ, ахэр гъащIэ узыншэм къыхуеджэнырщ, профилактикэ зэмылIэужьыгъуэхэр ирагъэкIуэкIынырщ, сымаджэщхэр зыхуей хуэзэу къызэрагъэпэщыжынырщ, IэмэпсымэкIэ иригъэкъунырщ.
КъБР-м ухуэныгъэмрэ архитектурэмкIэ и министр Мамий Артур и псалъэхэм къыхигъэщащ республикэм и ухуэныгъэхэм я бжыгъэр нэрылъагъуу зэрыхэхъуар. «Урысейм и цIыхухэм — псэупIэ тэмэм» лъэпкъ проектыр ягъэзащIэкIэрэ «2011 — 2015 гъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щащI псэупIэ ухуэныгъэхэм хэгъэхъуэн» программэр къащтащ. Абы къызэщIеубыдэ федеральнэ унафэм къызэригъэувымкIэ, псэупIэ зэтыпхъэхэр, унагъуэщIэхэр псэуалъэкIэ къызэгъэпэщыныр, бын етIуанэ зыгъуэтахэм ират сертификатым ипкъ иткIэ, зи псэуалъэр нэхъ ин ищIыну зи мурадхэр, нэгъуэщIхэри.
Къаздэхъу Альберт 2012 гъэм республикэм фэтэр 2031-рэ хъу унэ зэтетхэр щаухуащ. Ахэр метр зэбгъузэнатIэ мин 281, 86-рэ мэхъу. Гъэ кIуам пэш куэду зэхэт унибгъу ящIащ. 2013 гъэм республикэм щатыну я мурадщ метр зэбгъузэнатIэу мин 287,5-рэ. Ди республикэм бынищ е нэхъыбэ зиIэ унагъуэу минипщIым щIигъу исщ. Абыхэм ящыщу 4229-м унэ щаухуэну щIы Iыхьэ иратын мурад зэраIэр къагъэлъэгъуащ. 2012 гъэм унагъуэ 21-м унэ щаухуэну — щIы Iыхьэ, 16-м унэ хухахащ. Мы илъэсым бынищ е нэхъыбэ зиIэ унагъуэхэм метр зэбгъузэнатIэ 1478-м щIигъу иратыну я мурадщ.
Унагъуэу тIысыжа щIалэгъуалэр псэупIэкIэ къызэгъэпэщыным ехьэлIауэ «УнагъащIэхэр псэуалъэкIэ къызэгъэпэщын» программэм ипкъ иткIэ, 2012 гъэм республикэ бюджетым мелуан 29,7-рэ хухахауэ зэрыщытар Мамийм жиIащ. 2013 гъэм псэуалъэ зрагъэпэщынымкIэ зыдэIэпыкъуну унагъуи 190-м нэблагъэм субсидие иратынущ, абы сом мелуани 125,2-рэ хуозэ.
Хэку зауэшхуэм хэта цIыху 53-м псэуалъэкIэ ядэIэпыкъуащ, абы сом мелуан 51-рэ текIуэдащ. Ныкъуэдыкъуэ 17-м унэ иратащ. 2013 гъэми Хэку зауэшхуэм и ветеран 26-м, зауэм къыхиха фэбжь зиIэ цIыху 31-м унэ иратыну я мурадщ. Адэ-анэ зыщхьэщымытыж сабий зеиншэхэр унэкIэ къызэрагъэпэщын папщIэ, 2013 гъэм сом мел-уан 57-м щIигъу хухахащ. Абы щыщу республикэ бюджетым сом мелуан 36-рэ къыхокI, адрейр федеральнэ мылъкущ.
Прохладнэ куейм гипсокартон къыщыщIагъэкIыну линэр щаухуэ, чырбыш зыщI заводхэр и кIэм нагъэсащ. Илъэсым и кIуэцIкIэ абы чырбыш мелуанищэм нэблагъэ щагъэжынущ.
КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Къаздэхъу Альберт мэкъумэш хозяйствэм зегъэужьыным ехьэлIауэ щыIэ къэрал программэхэм япкъ иткIэ, зэфIагъэкIа Iуэхухэм я гугъу ищIащ. 2012 гъэм республикэм ищIхэм мэкъумэш продукцэу сом мелард 29-м щIигъу и уасэ къытрахащ. Абы къигъэлъэгъуащ адэкIи заужьын папщIэ Iэмал куэд зэраIэр.
ЗэIущIэм и кIэухым КъБР-м и Iэтащхьэм деж Лъэпкъ проектхэр гъэзэщIэнымрэ демографие политикэмкIэ щыIэ советым и унафэхэр гъащIэм хэпща зэрыхъум къызэхуэсахэр арэзы техъуащ. 2013 гъэм зэрылэжьэну яубзыхуа проектыр абыхэм къызэдащтащ.
Щомахуэ Залинэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "27127.txt"
} |
Пщэрылъхэр дауэ ягъэзащIэрэ?
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и зэIущIэ абы и УнафэщI Хьэсанэ Руслан мэлыжьыхьым и 18-м иригъэкIуэкIащ. Абы Iуэхугъуэ зыбжанэм щыхэплъащ.
Щхьэхуэу зэпкърахахэм ящыщщ «ХьэрычэтыщIэ IэнатIэ цIыкIумрэ курытымрэ егъэщIылIа проектхэм мылъку яхухэзыхыну комиссэм и IуэхукIэ», «КъБР-м и ШэсыпIэ фонд» фейдэ къегъэщIыным емыпха зэгухьэныгъэм и попечительскэ советым и IуэхукIэ», «2012 — 2015 гъэхэм КъБР-м и инвестицэ щытыкIэр зэрырагъэфIэкIуэнур» республикэ программэ хэхам и IуэхукIэ», «КъБР-м Ухуэныгъэмрэ архитектурэмкIэ и министерствэм и зэхэлъыкIэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм илъэс зэмылIэужьыгъуэхэм къищта унафэхэм, нэгъуэщIхэми зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным ятеухуауэ ягъэхьэзыра проектхэр.
КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Къаздэхъу Альберт къызэхуэсахэр щигъэгъуэзащ 2011 — 2012 гъэхэм Урысей Федерацэм и Президентым ищIа пщэрылъхэр зи унафэщI IуэхущIапIэм зэригъэзащIэм.
КъБР-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Мусуков Алий къытеувыIащ «КъБР-м щагъэзащIэ е щагъэзэщIэну я мурад инвестицэ проектхэр зэкIэлъыгъэкIуэным и IуэхукIэ» республикэм и Правительствэм и унафэм и проектым. Ар зэпкъраха нэужь, псори арэзы техъуащ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым энергетикэмкIэ, псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмрэ тариф политикэмкIэ и министр Кучменов ТIэхьир и гугъу ищIащ республикэм и предприятэхэмрэ организацэхэмрэ 2013 — 2014 гъэхэм и бжьыхьэ — щIымахуэ лъэхъэнэм зэрыхуагъэхьэзыр щIыкIэм. Абы теухуа Iуэхугъуэхэр егъэкIуэкIыным псори зэхэту сом мелуан 500-рэ мини 119-рэ хухахащ.
Ди республикэм «КъБР-инфо» хъыбар- егъащIэ агентствэ къыщызэгъэпэщыным теухуа унафэр къыщащтащ мы зэIущIэм. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм цIыхубэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин зэрыжиIамкIэ, апхуэдэ IэнатIэ республикэм щыIэн зэрыхуейрэ куэд щIащ. Япэрауэ, ди щIыналъэм щекIуэкIхэм, къэрал властым и IуэхущIафэхэм теухуауэ цIыхухэм хъыбар купщIафIэхэр яIэрыгъэхьапхъэщ. КъищынэмыщIауэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым ехьэлIауэ щIыналъэ, федеральнэ, дунейпсо утыкухэм щыIэ Iуэху еплъыкIэхэр фIы и лъэныкъуэкIэ егъэфIэкIуапхъэщ.
— Ди гугъэщ, ди деж лэжьыгъэ IуэхукIэ къакIуэ дунейпсо, урысейпсо, щIыналъэ хъыбарегъащIэ агентствэхэм я лIыкIуэхэм я дежкIи къэунэху IэнатIэр зэхуэсыпIэ екIу хъуну, — жиIащ Къумахуэ Мухьэдин.
КЪУМАХУЭ Аслъэн.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "27134.txt"
} |
Нобэ
Тхылъымрэ авторым и хуитыныгъэхэмрэ я дунейпсо махуэщ
Шэшэн Республикэм щагъэлъапIэ я анэдэлъхубзэм и махуэр. Республикэм и президентым 2007 гъэм и унафэм ипкъ иткIэ ягъэуващ, «Серло» газетым шэшэныбзэкIэ къыдэкIыу щыщIидзар (1923 гъэм мэлыжьыхьым и 23-м) и лъабжьэу.
1943 гъэм СССР-м и Совнаркомым Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ хозяйствэр зэфIэгъэувэжыным теухуа унафэ къищтащ, сом мелуан 11-м щIигъуи республикэм къыхуиутIыпщащ.
Урысей Федерацэм и япэ Президент Ельцин Борис (1931 — 2007) дунейм щехыжа махуэщ.
КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ Теунэ Хьэчим къызэралъхурэ илъэси 101-рэ ирокъу.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ, уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градуси 7 — 8, жэщым градуси 3 — 6 щыхъунущ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "27136.txt"
} |
ПщIэ лъагэ зыхуэфащэ лэжьыгъэ
Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я «Родной ландшафт» проектыр хагъэхьащ «Хрустальный компас» цIыхубэ саугъэтыр зыхуэфащэр къыщыхах зэпеуэм.
Зэпеуэр тещIыхьащ Урысейм и тхыдэ-щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр хъумэнымрэ ахэр хэIущIыIу щIынымрэ, апхуэдэуи абы къызэщIеубыдэ къэралым и географие, экологие унэтIыныгъэхэр.
Къыхэгъэщыпхъэщ, Котляровхэ Мариерэ Викторрэ ягъэлъагъуэ проектым ипкъ иткIэ, 2004 гъэ лъандэрэ къыдэкIыгъуэу 50-м щIигъу дунейм къызэрытехьар. Абыхэм яхэтщ сурэт альбомхэр (Щоджэн Жаннэ трихахэр иту), буклетхэр, «Прометей и щIыналъэм» теухуауэ тхыгъэ кIэщIхэр зытет тхылъымпIэхэр, нэгъуэщI куэди.
Котляровхэ Мариерэ Викторрэ иужьрей илъэсхэм зэлэжьа я IэдакъэщIэкIхэр хэтщ зи гугъу тщIы саугъэтыр къэхьыным теухуа зэпеуэм. Апхуэдэщ республикэм и щIыпIэ дахэхэм зыщыдэзыгъэплъыхь «Живописная Кабардино-Балкария» тхылъ гъэщIэгъуэныр. Зэщхьэгъусэхэм а лэжьыгъэр къазэрехъулIам и щыхьэтщ урыс тхакIуэ Кузьмин Валентин тхылъыр къызэрыщыхъуар къызэригъэлъэгъуар. «Ди щIыналъэм теухуауэ апхуэдиз гуапагъэрэ губзыгъагъэрэ зэрыт тхылъ иджыри къэс диIакъым», — жиIат абы.
Ди щIыпIэм и блэкIа жыжьэм и щэхухэр, щIэхъумахэр къытхузэIуех «Таинственная Кабардино-Балкария» тхылъым. Абы илъэс куэдкIэ елэжьащ Мариерэ Викторрэ. Тхылъым итщ «ННН» — «Невероятное. Необъяснимое. Непознанное», «ЗЗЗ» — «Занимательное. Загадочное. Забытое», «ТТТ» — «Тайное. Таинственное. Труднообъяснимое» зи фIэщыгъэ лэжьыгъэхэр.
Къэхъугъэ хьэлэмэтхэм щыхьэт техъуэ тхыгъэхэм дащыхуозэ Котляровхэ я ещанэ тхылъым — «Неизвестная Кабардино-Балкария» жыхуиIэм. «Вглубь ушедших времен» зыфIаща япэ Iыхьэм къыщыхьащ киммерийцхэмрэ нарт лIыхъужьхэмрэ, скифхэм, иныжьхэм, нэгъуэщIхэми ятеухуа хъыбархэр. «Отсвет прошлого имен» етIуанэ Iыхьэр ятеухуащ республикэм и тхыдэм къыгуэхыпIэ имыIэу епха цIыху пажэхэм. Ахэр: Къэзанокъуэ Жэбагъы, Баранов Евгений, Дадиани Георгий, Арманд Инессэ, Къалмыкъ БетIал, Урусбиев Исмэхьил, Чхеидзе Константин, Даутокъуэ-Серебряков Заурбэч сымэщ.
НапэкIуэцI 548-рэ хъу «Неизвестная Кабардино-Балкария» тхылъыр мэлыжьыхьым и кIэхэм, «Хрустальный компас» цIыхубэ проектым кърикIуахэр къыщызэщIакъуэжым ирихьэлIэу, къыдэкIынущ.
БАГЪЭТЫР Луизэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "27140.txt"
} |
КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и Архив IуэхущIапIэм и унафэщI Щхьэгъэпсо Сэфарбий Хьэсэнбий и къуэм хуогузавэ и адэ Щхьэгъэпсо Хьэсэнбий Цу и къуэр дунейм зэрехыжам къыхэкIыу.
КъБР-м ЦIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министерствэр, Къэбэрдей Адыгэ Хасэр, «Адыгэ псалъэ» газетым, «Iуащхьэмахуэ», «Нур» журналхэм я лэжьакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и Архив IуэхущIапIэм и унафэщI Щхьэгъэпсо Сэфарбий Хьэсэнбий и къуэм хуогузавэ и адэ Щхьэгъэпсо Хьэсэнбий Цу и къуэр дунейм зэрехыжам къыхэкIыу.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "27142.txt"
} |
НэхъыфIхэр ягъэлъапIэ
УФ-м и Театр лэжьакIуэхэм я союзым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм щагъэлъэпIащ 2012 — 2013 лъэхъэнэм ягъэлъэгъуа спектаклхэм къыщыхэжаныкIахэр. Театрым и дунейпсо махуэм ирихьэлIэу зэхэтащ театр критикхэм я комиссэм и зэхуэс. «Режиссер лэжьыгъэ нэхъыфI», «ЦIы- хухъу роль нэхъыфI», «ЦIыхубз роль нэхъыфI», нэгъуэщI Iыхьэхэм щытекIуахэм я цIэ къыщраIуащ абы.
«ЩIыхьымрэ пщIэмрэ папщIэ» Iыхьэм пашэ щыхъуащ республикэм и театр гъуазджэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэфI хуэзыщIахэу ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей Къэрал драмэ театрым и артисткэу лэжьа Шыгъушэ Лидэрэ КъБР-м и Музыкэ театрым и уэрэджыIакIуэу щыта Жылокъуэ Мухьэмэдинрэ.
Сабий таурыхъ нэхъыфIхэр ягъэувауэ къалъытащ режиссёрхэу Сапрыкинэ Галинэрэ (Музыкэ театрым и Буратино»-р), Каграманян Грантрэ (Урыс къэрал драмэ театрым и «Теремок»-р), «Япэ режиссёр лэжьыгъэ» Iыхьэм щытекIуащ Балъкъэр Къэрал драмэ театрым и актер Мизиев Iэубэчыр («Хищный заяц» таурыхъым папщIэ). А сабий спектаклым и сурэтыщI Къэнэмэт Лейлэ и лэжьыгъэми хуэфащэ гулъытэ хуащIащ.
ЕтIуанэ планым и актер лэжьыгъэ нэхъыфIу къалъытахэщ ЖьакIэмыхъу КIунэ, КIэмыргуей Валентин, Бейтыгъуэн Жамболэт («Пащтыхьымрэ пащтыхь гуащэмрэ», Къэбэрдей Къэрал драмэ театр), Каграманян Станислав (Чехов Антон и «Мыщэ» водевилым хэт унэIутыр, Урыс къэрал драмэ театр), Бапинаев Зариф («Плачет ива за горой» спектаклым Хьэсэну зэрыщыджэгуам папщIэ, Балъкъэр къэрал драмэ театр). «Пащтыхьымрэ пащтыхь гуащэмрэ» спектаклым хэт артистхэм фэилъхьэгъуэхэр яхуэзыда дэрбзэр ХьэхъупащIэ Мадинэ и лэжьыгъэм и пщIэри къалъытащ.
Режиссёр лэжьыгъэ нэхъыфI хъуащ Фырэ Руслан игъэува «Пащтыхьымрэ пащтыхь гуащэмрэ» спектаклыр. «ЦIыхухъу роль нэхъыфI» Iыхьэм щытекIуащ пащтыхь Грозный Иван и ролыр абы щызыгъэзэщIа Шыбзыхъуэ Басир, сурэтыщI нэхъыфIу къалъытащ ПщыхьэщIэ Хьэсэнбий. «ЦIыхубз роль нэхъыфI» Iыхьэм пашэ щыхъуахэщ Тхьэщыгъуей Жаннэрэ (Идар Темрыкъуэ ипхъу Гуащэнэ, «Пащтыхьымрэ пащтыхь гуащэмрэ»), Мамаевэ ФатIимэрэ (Джамилэ и ролыр, «Плачет ива за горой»).
КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ
и министерствэм
и пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "27143.txt"
} |
Тобэ къызохьыж
(КIэухыр.
ПэщIэдзэр №№70-74-хэм итщ).
Алим унэ хуабэ зэлъыIухамрэ и анэм и тепIэн къабзэмрэ щилъагъум и гур нэхъ псэхужауэ Iэнэм бгъэдыхьащ. Абы телъ шхын тIэкIури адрейхэри и щхьэгъусэм и IуэхущIафэу фIэкIа игу къимыгъэкIыххэу: «Джаур, мыпхуэдэу зэпымычу ущытамэ, апхуэдиз псалъэмакъи диIэнутэкъым. Тобэ къэпхьыжауэ Тхьэм къыщIигъэкI», — игукIэ жиIэщ, тепщэч щIагъым деж ахъши хущIилъхьэри, лъапэмцIийуэ унэм къыщIэкIыжащ.
И къуэм бжэр хуищIыжыну хунэса къудейт, пIэм хэлъ цIыхубзыр къыщыщиудам. «Сыту мыгъуэ гъащIэ гугъущэ епхьэкIрэ, си щIалэ цIыкIу. Сыту фIыуэ укъызгурыIуэрэ, сэри ситащ уи пIэм илъэс куэдкIэ. Сыт щыIэ уи псэр зыдэмытынш цIыхум пIэщхьагъ дэбгуэшын нэхърэ нэхъ Iей. Сэри си зэран хэлъу собж а гугъуехьыр зэрыптелъым». ЖиIахэр зыгуэрым зэхихауэ къыщыхъуу къэщтащ Хужьпагуэ, Тхьэм деж нэмысын псалъэхэр къыжьэдэкIауэ къыщыхъужри, тобэ къихьыжащ. НапIэ-зыпIэм ар зы къару гуэрым зэщIиубыдэри, пщIыхьэпIэ дахэм хишащ. Къуэрылъхухэм я гъусэу дунейм и дахагъэм щыгуфIыкI бзылъхугъэм Алихъан цIыкIу и Iэр быдэу иIыгъ хуэдэт. Уеблэмэ пщэдджыжьым къыщыушам и Iэ лъэныкъуэм и IэштIымыр быдэу къузауэ иIыгът.
— Уэра, Нэху, си пщIыхьыр зэпызыудар? — и макъым зы къару гуэр къызэрыщIыхьэжар къапщIэу къэпсэлъащ Хужьпагуэ, къыщIыхьауэ мафIэ изыщIэ Астемыр зыхуигъазэри.
— Нанэ, укъэзгъэуша? — зридзащ абы Астемыр. — КхъыIэ къысхуэгъэгъу. Сэ Iейуэ сопIащIэ, еджапIэм сыкъыкIэрыхункIэ хъунущ. Дауэ нэху укъекIа, сыт иджыпсту нэгъуэщI пхуэсщIэну узыхуейр? Уи шхыныр пхуэзгъэхуэбэжынщ, шэджагъуэм иджыри къыпхуэсхьынущ, зы къыумыгъанэу шхы, — жиIэурэ и анэшхуэм къыбгъэдэкIыжу Iэнэм тет тепщэчыр къыщищтэм, абы гу лъитащ ахъшэм.
— Мыр сыт, нанэ, уэра мыр мыбдеж къытезылъхьар? — губжь хэту жиIащ Астемыр, къыхуащIэхэм щхьэкIэ я анэшхуэр ахъшэкIэ къахуэупсэу къыщыхъури.
— Хьэуэ, Нэху. Фэ аракъым фхуэфащэр, ар фи адэм ныжэбэ абдеж къытринащ. Апхуэдэу куэдрэ ещIэ абы, сыкъимыгъэушын папщIэ, — пцIыр и щхьэм хуимыгъэфащэу, ауэ а пцIым ифI и къуэм зэрекIынур быдэу къыгурыIуэу жиIащ Хужьпагуэ.
— Пэжуи, нанэ, папэ къакIуэрэ щIэх-щIэхыурэ? Уэлэхьи, си гуапэ хъуамэ. Махуэ къэс къалэн къытщищIхэм уэ дыпкIэлъыплъыну сыту къыхимыгъэхьарэт-тIэ абы? Дэр дыдэм куэдрэ щыдмылъагъу щыIэщ ар, лэжьыгъэ гугъу пэрытщи. Мами тхьэмахуэм махуэ закъуэ дэсщи, ди щыгъынымрэ и адэ-анэм ящIэупщIэнымрэ ирикъу къудейщ. Ахэр псори Iуэхукъым, иджы сэ зыми ухуэзгъэныкъуэнукъым, — и ныбжьым хуэмыфащэу псалъэрт Астемыр, и гум псэхугъуэ гуэр зэригъуэтыжар къапщIэу.
— Зыри къэхъуа щыIэкъым. Сэри сылъэрытетащ, тIэкIу сымаджэ сыхъури, къарууншэ сыхъуащи, мис, зэуэ сыкъэвгъэщIэрэщIэжащ. Махуэ зытIущкIэ сыкъэувыжынщи, жэмыжьым лъагъунлъагъу сыныхуэкIуэнщ. Нэху, а ахъшэм щыщ къащти, шхын гуэрхэри фэ щхьэкIи сэр папщIи къэхь. Аслъэнрэ Алихъан цIыкIурэ еджапIэм зыгуэр щаIэщIэлъхьэ.
— Хьэуэ, нанэ, дэ псори диIэщ. Шхын щIэщыгъуэ гуэрхэр къызэрыпхуэсщэхун къыхэсхынщи, адрейр мыбдеж щIрелъ, — жиIэри и пIэщхьагъым хущIилъхьащ.
ГуфIэгъуэмрэ гуныкъуэгъуэмрэ зэгъусэу зэщIаубыдат Хужьпагуэ игу махэ хъуар. ГуфIэрт и къуэ закъуэми и къуэрылъхухэми гу къызэрылъатэжам щхьэкIэ, ар и нысэм къищIэмэ, псори хьэргъэшыргъэ хидзэнкIэ шынэрт. Ауэ дапхуэдэу Iуэхур къыщIимыдзыжами, абы и псэмрэ и Iэпкълъэпкъымрэ къыхыхьэжа къарур зи фIыщIэ Астемыр щхьэкIэ дунеягъэм къыхуеIэн хуейт.
Астемыр хэпщIыкIыу и еджэкIэм кIэригъэхуат. Абы гу лъызыта егъэджакIуэхэм мызэ-мытIэу езым къраIуэкIа нэужь, и адэ-анэм деж къаIуэхуащ.
Iуэхур зытетыр и щхьэгъусэми жримыIэу, Симэ а махуэ дыдэм Астемыр и класс унафэщIым деж нэсащ. Илъэс зыбжанэ хъуауэ иригъаджэ, игъасэ щIалэм и щытыкIэ хъуар къыжриIащ егъэджакIуэм. Абы зэрыжиIэмкIэ, еджэным зэрыкIэригъэхуам нэмыщI дерс нэужьхэм еджапIэм щекIуэкI Iуэхухэми хэтыжтэкъым, унэм псынщIэу зэрыкIуэжын Iуэху фIэкIа зэрихуэртэкъым.
— Дэ депсэлъэнщ ди щIалэм, Iуэхур зытетыр къэтщIэнщи, ди нэIи тедгъэтынщ, — къигъэгугъащ егъэджакIуэр Симэ.
Унэм къэсыжыху фIэкIыхьу гъуэгум щыщIидзащ Симэ и шхыдэныр. Уэрамым зэрыдэтым щхьэкIэ тIэкIу зызышыIа анэм и жьэ бзаджэр пщIантIэм зэрыдыхьэжу и бынхэм ятрикъутэн щIидзащ. ЩыIэтэкъым мыбыхэм яхуимыгъэфащэ, щIэх-щIэхыурэ щIалэхэм я адэм и дежи нэсырт. ЖиIэрт абы зы мэскъалкIэ адэ къалэн имыгъэзащIэу, лэжьапIэжьым къыдэнэжауэ и жэщри и махуэри абы хьэулейуэ щигъакIуэу, и бынхэр абы ещхьыркъабзэу хьэулейхэу, зы сэбэпынагъ къабгъэдэмыкIыу. ЩIалэхэм фIы дыдэу къагурыIуэрт мы мафIэ зэщIэлыдам зы псалъэкIэ ухэIэбэмэ, мэфIэс къызэрыхъунури, щэху дыдэу зэбгъэдэтт, зым адрейм и Iэр быдэу икъузу. И жьэм къекIуэр яжриIэу сабиищыр унэкум итащ, зы псалъэ я анэ губжьам памыдзу.
— ФыкIуэ, лажьэм фихь. Иджыри зы укIытэгъуэ сыхэвдзэмэ, щхьэ къыффIэзнэнкъым, — жиIэри щыми ящхьэфэуащ. ЩIалэхэм «уэхушхуэ» зыжьэу къажьэдэкIри, я пэшымкIэ кIуэжащ.
— Алыхьым и шыкурщ фэ зыкIи ди анэм сыкъызэревмыгъэщIар. ЕгъэджакIуэм зыри пцIы жиIакъым, сэ япэм хуэдэу зэман лейуэ згъэкIуэдыфыркъым, си нанэ нэхъапэщи. Фыпсэу, си къуэшхэ, нэгъэсауэ адыгэлI къыфхэкIынухэщ, — Астемыр щыжиIэм, Аслъэни Алихъан цIыкIуи, лIыгъэшхуэ зэрахьам хуэдэу, я щхьэр лъагэу яIэтащ.
ЩIалэхэм псынщIэ дыдэу затIэщIыжри, щхьэж я пщыхьэщхьэ Iуэху яужь ихьэжащ. Жэщым псори гъуэлъыжауэ екIуэкIа папщIэ, Астемыр и анэшхуэм зэ Iумыплъэу къигъэнэнутэкъым. И адэр къэсыжу и шхыдэ мащIэм щыму щIэдэIуу и нанэм илъагъунырт Астемыр и гум щигъафIэр.
Пщыхьэщхьэшхэм унагъуэр етIысылIауэ Алим къэсыжащ. ФIыуэ зэрешар зи нэгум наIуэу щIэт цIыхухъум и лъакъуэр унэм щеувэхыну хунэмысу, Симэ и жьэ мыгъуэр зэIуихащ. ЩIалищри къыщылъэтри, я адэм бгъэдэуващ. Къэхъуар къызыхуэмыщIэ лIыр и щхьэм епхъуащ, и нэр щыункIыфIыкIри джалэ пэтащ. ЩIалэхэм ар диваным щрагъэтIысхьэм, Симэ гузэвэжат, ауэ и шхыдэныр щигъэтыртэкъым.
— Сыт, Iэу, къэхъуар, лIэныгъэ щыIэ? Сыту гузэвэгъуэ пежьэкIэкIэ укъыспежьа. Нобэ махуэ хьэлъэр иухащ, си псэр пIэм къэсхьэсыжащ щыжысIэм…
— Сэ сыпсэхэхкъым, ауэ мис мы уи къуищым сэ уэзмыщIар къуащIауэ, тхьэм жиIэмэ, плъагъунщ. ИтIанэ уигу сыкъэгъэкIыж…
Зэи зи адэ-анэм псалъэ япэзымыдзыжа Астемыр губжьышхуэ хэлъу и анэм и псалъэр IэщIиудащ:
— Мамэ, щыIэкъым анэм нэхъ лъапIэ, си дежкIи ар апхуэдэ дыдэщ. Ауэ быным ебгъэлъагъу щапхъэр гува-щIэхами зэгуэр уи пащхьэм къралъхьэжынущ. Дэ уи губжьми, уи удынми десэжащ, псори ди фэ дыдогъахуэ. Ауэ, мамэ, мы зы закъуэр бжесIэну махуэ зыбжанэ хъуауэ си щхьэм къизэрыхьащи, ди адэми си шынэхъыщIэхэми зэхахыну сыхуейщ. Псоми жьы хъуныр къытпэщылъщ, лIэныгъэм ещхьыркъабзэу (иджыпсту жиIэхэр и анэшхуэм и хъыбархэм, таурыхъхэм хэта пычыгъуэхэт). А щытыкIитIым IэщIэкIа щыIэкъым. АтIэ, укъызогъэгугъэ ди анэшхуэр нобэ зыIут IэнатIэм уIузгъэувэжыну. Срес жыхьэнмэ мафIэм, ауэ а щытыкIэр уэ уэзгъэгъэвыжынщ, — зы дакъикъэм лIыжь цIыкIу хъуауэ къыпщыхъу щIалэщIэм и нэм къытелъэда лъыр нэкIущхьитIым къежэхыну къыфIэщIырт.
Симэ зы къару гуэрым зэщIиIэтэри, илъэс пщыкIух и пэкIэ щыIа и нысэтешэ махуэм къыщигъэхутэжащ. Абы и нэгум къыщIыхьэжащ гуащэм и нэгу гугъэрэ гуапагъэрэ къызрихыр, езым игу къэкIа Iуэху дыджыр.
— Тобэ! Тобэ! Тобэ къызохьыж, си Тхьэшхуэ! — а псалъэхэр зэпыу имыIэу къытригъэзэжурэ Симэ унэм къыщIэжащ. КъыпхуэщIэнтэкъым мы цIыхубзым и акъылыр фIэкIуэдауэ и щхьэр зэрихьэу фIэкIа. мазэ зыбжанэ хъуауэ имылъэгъуа и гуащэр зыщIэлъ гуэщ унэмкIэ ежэкIри, пIэм хэлъ нанэм лъэгуажьэмыщхьэу бгъэдэхуащ, къыщылъэтыжри:
— Мамэ, къысхуэгъэгъу, мамэ къысхуэгъэгъу, — нэгъуэщI зы псалъи имыщIэжу къыпщыхъуу и гуащэм телъ шхыIэныр тридзри, фэмрэ къупщхьэмрэ къыхуэнэжа нанэр къипхъуэтащ. Сабий цIыкIу IэщIэлъу фIэкI къыпхуэмыщIэу, Хужьпагуэ гу- гъуехьышхуэ телъу зэгуэр ищIа унэм къыщIихьэжащ. ХьэщIэщ папщIэу зэлъыIуха пэшымкIэ щIихьэри, и щхьэгъусэм еджащ:
— Алим, къакIуэт, къыздэIэпыкъут мамэ згъэгъуэлъыну!
Къэхъуар къызыхуэмыщIэ зэадэзэкъуэхэр Симэ и макъыр къыздиIукI пэшымкIэ щIэлъэдащ. Алим и анэр Симэ къыIэщIихри, щIалэхэмрэ я анэмрэ пIэ тепхъуэр зэкIуэцIалъхьащ, щхьэнтэхэр ягъэщабэурэ тIуащIэу гъуэлъыпIэ натIэм кIэралъхьащ, зэдэIэпыкъужурэ я нанэр пIэм ирагъэгъуэлъхьащ.
А махуэм къыкIэлъыкIуа гъащIэ Iыхьэм мы Iуэхугъуэм зы цIыхуи щытепсэлъыхьыжакъым. Абы щегъэжьауэ псоми къалэн нэхъыщхьэу яIар я нанэр къызэфIагъэувэжу дуней дахэм гу щрагъэхуэжынырт. Ар икIи къехъулIащ абыхэм. Хужьпагуэ гъащIэ кIыхь Алыхьым кърипэсауэ къыщIэкIащ, и къуэрылъхэм я быныжи куэду илъагъужащ. И къуэр, къуэ бынхэр зыщIипIыкIам ахэри щIигъэдэIукIащ. Псом я щхьэжращи, зэгуэр «си хъыджэбз цIыкIу» жиIэу и унагъуэм къихьа и нысэр Iумпэм имыщIу, зы псалъэ дыджкIэ емыгуауэу, абы сыт кърищIами и гум щызэригъэзэхуэжауэ дунейм ехыжащ. Хэт игу къэкIын Хужьпагуэ жэнэтыр увыIэпIэ хуэмыхъуауэ? Апхуэдэ цIыху зырызхэрщ гуIэгъуэ куэдыр тепщэ щыхъуа мы дунейр зэтезыIыгъэр. Тхьэм псоми Тобэ къыдигъэхьыж.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "27145.txt"
} |
Лъэпкъхэр зэзышалIэ
Налшык дэт Лъэпкъ музейм къыщызэIуахащ Абхъаз Республикэм и сурэтыщIхэм я гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэн. Абхъазым и ТекIуэныгъэр илъэс 20, я республикэр щхьэхуиту къызэралъытэрэ илъэси 5 щыхъум ирихьэлIэу ахэр Налшык къригъэблэгъащ КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм.
Фырэ Руслан и псалъэ Абхъаз щIыналъэм и сурэтыщIхэм я гъэлъэгъуэныгъэ ди республикэм иужьрейуэ зэрыщыIэрэ илъэсипщIым нэблэгъащ. «ЗэпыщIэныгъэ, зэрылъытэныгъэ» къызэрыкI «аимадара» абхъаз псалъэр зыфIаща гъэлъэгъуэныгъэм хухаха музей пэшхэм узэрыщIыхьэу нэм къыфIонэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Абхъаз Республикэмрэ я ныпхэр. Ахэр блыным фIэлъщи, зы хуабагъэ гуэр къапкърокI, абы щыгъуэми нэпсым уи тэмакъыр щеубыдыкI. Ди щIалэхэр къуэш республикэм и къэкIуэнум щIэзэууэ зэрыхэкIуэдар, абыхэм я лIыгъэу куэдрэ зи гугъу ящIхэр гум и плIанэпэ гуэрым дэсщи, ныпхэм я зэпыщIэныгъэм ар сэтей къащIу къысщохъу. ЗэрытщIэщи, цIыхухэр, лъэпкъхэр гуфIэгъуэм апхуэдэу зэришалIэркъым, гуауэм гъунэгъу зэрызэхуищIым ещхьу. Абхъаз зауэм щыгъуэ а щIыналъэм и цIыхухэм я щхьэхуитыныгъэм къыщхьэщыжа ди щIалэ хахуэхэм я фIыгъэкIэ лъэпкъитIыр зэрыубыдащ…
Гъэлъэгъуэныгъэм утыку къыщрахьащ скульптор Джение Виталий, гъукIэ Iэзэ, IэщэщI IэкIуэлъакIуэ Дзидзарие Тимур, сурэтыщIхэу, графикхэу Джапуа БэтIал, Кайтан Темур, Цвижбэ Виссарион, художник-керамист Хурхумал Валентинэ (Ляля) сымэ я живопись, скульптурэ, графикэ лэжьыгъэ гъэщIэгъуэнхэр, декоративно-прикладной гъуазджэм и IэдакъэщIэкIхэр.
Джапуа БэтIал и лэжьыгъэ Зауэ гущIэгъуншэм и щIыIагъэр зыхозыгъащIэхэр лэжьыгъэхэм яхэплъагъуэми, ар пщызыгъэгъупщэхэр, нэхугъэм, зэгурыIуэм, зэныбжьэгъугъэм укъыхуезыджэхэр нэхъыбэщи, псэр «къагъэвыж». Пхъэм, ятIэм къыхэщIыкIа теплъэхэр, плъыфэбэу зэхэлъ сурэтхэм къапкърыкI хуабагъэр убыххэм я тхыдэм ехьэлIахэмрэ абхъаз зауэжьхэм я мэ къызыкIэриххэмрэ тIэкIу фагъуэ ящIэхъукIым пцIы хэлъкъым.
Гулъытэ хэха яхуэфащэщ Дзидзарие Тимур и IэдакъэщIэкIхэм. Сэ, къамэ лIэужьыгъуэхэм нэр пIэпах, ар зэрыIэщэр пщыгъупщауэ. Абыхэм хэтщ Тимур и закъуэу зэлэжьахэри лъэпкъ IэпщIэлъапщIэ Мэстафэ Вячеслав и гъусэу ищIахэри.
ЗэIущIэр къызэIуихащ икIи иригъэкIуэкIащ КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Темыркъан Геннадий. Абы япэ псалъэр зрита, КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Фырэ Руслан хьэщIэхэм сэлам гуапэ ярихащ ди щIыналъэм и унафэщIхэми езыми къабгъэдэкIыу. Абхъазхэм я гуапагъэмрэ я хьэщIэ егъэблэгъэкIэмрэ фIыуэ щыгъуазэ Руслан жиIащ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и гъусэу абы зэрыщыIар гуапэу нобэми игу зэрилъыр, цIыхугъэ куэд зэрыщиIэр.
Дзидзарие Тимур и IэдакъэщIэкIхэр — Иджыри зэ фыпсэу вжызоIэ ди щIалэхэр зэрыфщымыгъупщэм щхьэкIэ. Ди деж фызэрыщыIэ махуэхэр гукъинэж фщыхъуну, фи гум щызу зывгъэпсэхуну тфIэфIщ, — жиIащ министрым.
Фырэ Руслан къеджащ усакIуэ Семэн Руслан Абхъазым хуитха сатырхэм. ИужькIэ псалъэ зрата, «Горянка» газетым и редактор нэхъыщхьэ Къаныкъуэ Заринэ къызэхуэсахэр щIигъэдэIуащ езым и усэ.
КупщIафIэу къэпсэлъащ Москва педагогикэ къэрал университетым живописымкIэ и кафедрэм и аспиранткэ Лабахуэ Еленэ.
— Абхъаз сурэтыщIхэм сытым дежи яфIэфIщ я IэдакъэщIэкIхэр Налшык щагъэлъэгъуэн. Ар къызыхэкIыр лъэпкъитIым я щэнхабзэм зэщхь куэд зэрыхэлъыр, псэкIэ зэрызэпэгъунэгъур арагъэнщ. Абы и щыхьэтщ илъэс 20 и пэкIэ бийр къыщыттеуам щыгъуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIалэхэр япэу ди деж нызэрысар, — жиIащ Еленэ.
Абхъаз Республикэм хамэ къэрал IуэхухэмкIэ и министрым и къуэдзэ Аршбэ Алик зэIущIэр къызэзыгъэпэщахэм фIыщIэшхуэ яхуищIащ. Зауэм зи псэхэр игъэна къэбэрдей щIалэ 59-м я фэеплъым и щхьэр зэрахуигъэщхъыр, афIэкIа апхуэдэ нэщIэбжьэ лъэныкъуитIми ямылъагъуну зэригуапэр жиIащ.
ХьэщIэхэм ехъуэхъуащ, гъэлъэгъуэныгъэм ягу къигъэкIхэмкIэ ядэгуэшащ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и фондым и унафэщI Вэрокъуэ Владимиррэ Абхъазым щызэуахэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Яхэгуауэ Къазбэчрэ.
ЗыкърезыгъэхьэлIа псоми фIыщIэ яхуищIащ, Налшык къэкIуэну, и цIыхухэм яIущIэну сытым дежи зэрыщIэхъуэпсыр, я егъэблэгъэкIэри гъэхьэщIэкIэри гунэс зэрыщыхъур къыхигъэщащ скульптор Джение Виталий.
Зауэр щекIуэкIа илъэсхэм сурэтыщIхэм я пщэ къыдэхуат картэхэр ягъэхьэзырыныр. Апхуэдэ Iуэхум зэи хуэлэжьэн хуей мыхъуну, мамырыгъэ гъащIэмрэ зэIузэпэщыгъэмрэ фIэкIа я къэрэндащхэр хуамыгъэтхэну абыхэм ехъуэхъуащ Абхъазым и лIыхъужь, а республикэм зыхъумэжыныгъэмкIэ и министру щыта генерал-лейтенант Сосналы СулътIан и щхьэгъусэ Любовь.
ИСТЭПАН Залинэ.
Сурэтхэр ЕЛЪКЪЭН Артур трихащ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "27147.txt"
} |
Гулъытэ щымыщIэу
Демократием и телъхьэ щIалэгъуалэм я дунейпсо федерацэм и унафэкIэ, мэлыжьыхьым и 24-м ягъэлъапIэ ЩIалэгъуалэм я зэкъуэтыныгъэм и дунейпсо махуэр. Къэрал къулыкъущIэхэм, жылагъуэм, хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэм щIэблэм я псэукIэм, гугъуехьхэм иджыри зэ гу лъатэн папщIэ ягъэуващ ар. ИкIи япэ дыдэу Iэтауэ 1957 гъэм ирагъэкIуэкIауэ щытащ.
ЩIалэгъуалэ, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм, цIыхубэм, зи сабийхэм, абыхэм я щIэблэм я къэкIуэнум ирипIейтей балигъхэм я къарур зэрагъэуIумэ, яхузэфIэкIынущ ныбжьыщIэхэм я хуитыныгъэхэр хъумэным нэхъ егугъуныр. Экономикэм, социальнэ Iуэхухэм, щIэныгъэм, техникэм ехьэлIауэ ныбжьыщIэхэм яIэ творческэ жыджэрагъыр егъэфIэкIуэныр, къыдэкIуэтей щIэблэм яхуэгъэза унафэхэмрэ хабзэхэмрэ къызэпымыудыныр гъэбыдэныр къайхъулIэнущ.
Иджырей гъащIэм уи щIалэгъуэу ухэтыныр тыншу пIэрэ? Ар зэлъытар щIалэгъуалэм я Iуэху дагъэкIыжын папщIэ къызыкъуах жэрдэмырщ, ахэр зэкъуэтынырщ.
НэщIэпыджэ Замирэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "27154.txt"
} |
«Егъэджэныгъэ-2013»
Апхуэдэ фIэщыгъэм щIэту 2004 гъэ лъандэрэ екIуэкI урысейпсо журналист зэпеуэр мы илъэсми къыхалъхьащ. Абы и жэрдэмщIакIуэр УФ-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэрщ. Зэпеуэм и къалэн нэхъыщхьэр IэнатIэм и щытыкIэр, абы и ехъулIэныгъэхэр, къыпэщылъ Iуэхухэр къыщыгъэлъэгъуа журналист лэжьыгъэ нэхъыфIхэр наIуэ къэщIынырщ, жылагъуэм школымрэ егъэджакIуэмрэ гулъытэ нэхъыбэ хуегъэщIынырщ.
Мыгъэрей зэпеуэм унэтIыныгъэ нэхъыбэ къызэщIеубыдэ. Псалъэм папщIэ, абы и утыку кърахьэ хъунущ егъэджэныгъэм и мызакъуэу, щIэныгъэ Iуэхум, ныбжьыщIэхэм IэщIагъэ къыхахыным теухуа журналист лэжьыгъэхэр. Зэпеуэм хэтыну кърагъэблагъэ федеральнэ, щIыналъэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэр: жылагъуэ-политикэ, егъэджэныгъэ-щIэныгъэ журналхэр, газетхэр, теле-, радиокомпаниехэр, интернет-порталхэр, журналистхэр. Зэпеуэм ягъэхь лэжьыгъэхэр газетхэм, журналхэм къытехуауэ е эфирымкIэ къатауэ, къагъэлъэгъуауэ щытын хуейщ 2012 гъэм жэпуэгъуэм и 15-м къыщыщIэдзауэ 2013 гъэм жэпуэгъуэм и 1-м нэс.
Абыхэм хэплъэну къэпщытакIуэ гупым хохьэ еджапIэхэм я унафэщIхэр, «Урысейм и егъэджакIуэ нэхъыфI» къэралпсо зэхьэзэхуэм щытекIуахэр, цIыхухэм щIэныгъэ егъэгъуэтын политикэмкIэ экспертхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр.
Журналист зэпеуэм хэтынухэм къызэгъэпэщакIуэхэм абыкIэ хъыбар ирагъэщIэн хуейщ 2013 гъэм жэпуэгъуэм и 1 пщIондэ. Абыхэм я интернет хэщIапIэр: konkurs. sovet-edu.ru. А сайтым къыщывгъуэтынущ зэпеуэм и унэтIыныгъэхэм теухуа хъыбархэр, нэгъуэщIхэри.
НЫБЭЖЬ Таисэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "27156.txt"
} |
ДызэгурыIуэу, гуп зэкъуэту дызэдэлэжьэну фыкъыхузоджэ
КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен Къэбэрдей-Балъкъэр
Республикэм и Парламентым Зэрызыхуигъэзар
ПщIэ зыхуэсщI депутатхэ!
Си хэкуэгъу лъапIэхэ!
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Конституцэм тету зи чэзу ТхыгъэмкIэ зыныфхуэзгъазэу фи пащхьэ ислъхьэну сыхуейщ республикэм и гъащIэм пыщIа Iуэху нэхъыщхьэхэмрэ зэщIыгъуу едгъэкIуэкI лэжьыгъэм кърикIуэну сызыщыгугъхэмрэ сызэреплъыр. Парламентым Зэрызыхуэзгъазэм къыщыхэгъэщхьэхукIащ 2013 гъэм, абы къыкIэлъыкIуэ зэман мыжыжьэм властымрэ управленэмрэ я органхэм къапэщыт къалэн нэхъыщхьэхэр.
А къалэнхэр дыубзыхуащ нэхъ япэкIэ зыхуэдгъэувыжа мурадхэм япыщIауэ икIи абыхэм лъабжьэ яхуэхъуащ Урысей Федерацэм и Президент Путин В. В. Федеральнэ Зэхуэсым Зэрызыхуигъэзам и Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэр.
Япэр — республикэм и экономикэр къэгъэщIэрэщIэжынымрэ абы инновацэм и Iэмалхэр къыщыгъэсэбэпынымрэщ.
ЕтIуанэр — социально-экономикэ зыужьыныгъэм пыщIа къалэнхэр дэдгъэкIын папщIэ дызыхуеинум хуэдизу экономикэм инвестицэхэр къыхузэщIэгъэуIуэнырщ.
Ещанэр — инвестицэ щытыкIэр егъэфIэкIуэнымрэ бизнесым зегъэужьынымкIэ зыхуеину Iэмалхэр зэтегъэувэнырщ.
ЕплIанэр — къэрал унафэр тэмэму зегъэкIуэныр къызэгъэпэщынырщ.
ИкIэм-икIэжым, етхуанэр, нэхъыщхьэ дыдэр — республикэм исхэм я псэукIэм и фIагъыр социальнэ политикэр зэдэууэ пхыгъэкIыным и хьэкъкIэ къэIэтынырщ.
Дэ тегъэщIапIэ хъарзынэхэр диIэщ а унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм дытету тегушхуауэ ипэкIэ дыкIуэн папщIэ. Илъэс зыбжанэ хъуауэ республикэм хъарзынэу щагъэзащIэ экономикэм зегъэужьынымкIэ, цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэнымкIэ къалэнхэр. Абы и лъэныкъуэкIэ блэкIа илъэсри тхуэIеякъым.
2012 гъэм кърикIуахэм япкъ иткIэ валовэ щIыналъэ продуктыр сом мелард 94,2-м нэсащ, ар проценти 5-м нэблагъэкIэ нэхъыбэщ 2011 гъэм тхузэфIэкIам нэхърэ. Промышленностым и продукцэр проценти 118,6-рэ, «ухуэныгъэ» лэжьыгъэ лIэужьыгъуэмкIэ зэфIагъэкIахэр сом меларди 6,4-рэ и уасэ е 2011 гъэм елъытауэ проценти 102,8-рэ мэхъу. Мэкъумэш хозяйствэми зэпIэзэрыту зеужь. Дэ мы IэнатIэм къыщыдогъэсэбэп дуней псом щынэхъыфI дыдэу къалъытэ технологиехэр.
Ахъшэм и хэкIыпIэ псоми я хьэкъкIэ мылъку нэхъыщхьэм хуэзэ инвестицэу гъэ кIуам республикэм и экономикэмрэ социальнэ IэнатIэмрэ сом мелард 25,6-рэ къыщагъэсэбэпащ. Бизнесым и хьэрычэт IэнатIэ мыинымрэ курытымрэ ядэIэпыкъуным сом мелард 1,2-рэ къыхузэщIагъэуIуащ.
Дэ социальнэ зэгурымыIуэныгъэ лъэпкъ къэдгъэхъунукъым. Лэжьэгъуэ ныбжьым ит цIыхухэм ящыщу IэнатIэншэу проценти 10,8-р щытамэ, а бжыгъэр проценти 8,9-м нэсу дгъэмэщIащ. Республикэм ику иту щат лэжьапщIэр сом 16423-м нэсащ, ар 2011 гъэм елъытауэ процент 26-кIэ нэхъыбэщ.
А псоми къадэкIуэу, дэ къыдгурыIуэн хуейщ иджыри гугъуехь куэд зэрыщыIэр, абы къыхэкIыу лэжьыгъэшхуэ къызэрытпэщытыр. Псом япэу дэ ди къалэнщ IэнатIэхэр къэдгъэщIэрэщIэжыну, лэжьыгъэм къыпэкIуэ хъерыр къэтIэтыну, экономикэ зыужьыныгъэр щIэдгъэхуэбжьэну. Апхуэдэу дэ IупщIу къыдгурыIуапхъэщ экономикэ зыужьыныгъэм и лъабжьэр инновацэхэр арауэ зэрыщытыр. Ар псом япэу промышленностым хуэгъэзащ. Дэ ди къалэнщ а IэнатIэр щIэгъэхуэбжьауэ къэдгъэщIэрэщIэжыну, промышленностым технологие пэрытхэр къыщыдгъэсэбэпыну, а IэнатIэм и зэхэлъыкIэр дгъэтэмэмыну.
Республикэм и Правительствэм щIигъэхуэбжьэн хуейщ предприятэхэм Урысей Федерацэм и къэрал шэсыпIэхэр къыIахынымкIэ зэрадэIэпыкъур, инвестицэ проектхэр ягъэзэщIэн папщIэ къызэщIагъэуIуэ кредитхэр къахузэгъэпэщыным теухуауэ. ИкъукIэ Iэмалышхуэхэр къызэIуех 2020 гъэм нэсыху промышленностым зегъэужьынымкIэ федеральнэ программэу иджыблагъэ къащтам. Абы сом триллиони 3,5-рэ текIуэдэнущи, абы щыщу сом мелард 500-м нэблагъэр федеральнэ бюджетым къыхэкIынущ. Республикэм и предприятэ куэдым я дежкIэ ар Iэмал нэсщ IэнатIэхэр къэгъэщIэрэщIэжынымкIэ. А программэм Iэмал зэриIэкIэ нэхъ нэгъэсауэ хэтын папщIэ Правительствэм, Промышленностымрэ сатумкIэ министерствэм, Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ министерствэм, езы предприятэхэм яхузэфIэкI псори ялэжьын хуейщ.
Зэманым къигъэув Iуэхухэм республикэр зэрыпэлъэщынур куэдкIэ елъытауэ щытынущ ухуэныгъэмкIэ IэнатIэм и лэжьэкIэм. Дэ къытпэщытщ псэупIэу дыухуэм нэрылъагъуу хэдгъэхъуэну. Индустриальнэ ухуэныгъэм, апхуэдэу унэ кхъахэхэмрэ общежитхэмрэ щIэсхэм папщIэ унэхэр щIыным, цIыху щхьэхуэхэм унэ ящIынымкIэ ядэIэпыкъуным и хьэкъкIэ дэ псори зэхэту 2013 гъэм псэупIэу метр зэбгъузэнатIэ мин 287,5-рэ хьэзыр тщIыну къытпэщытщ. ПсэупIэхэр ухуэнымкIэ нэхъ узыщыгугъ хъуну унэтIыныгъэхэм ящыщу увын хуейщ цIыху гуп щхьэхуэхэм хабзэ тэмэмхэм тету бэджэнду иратыну унэхэр щIыныр.
Гулъытэ хэха яхуэщIыпхъэщ сабий куэд зиIэ унагъуэхэм. Зэман гъунэгъум къриубыдэу абыхэм пщIэншэу щIы Iыхьэхэр хухахын хуейщ. Абы ипкъ иткIэ федеральнэ центрым дэлэжьапхъэщ апхуэдэ щIы Iыхьэхэм инженер, социальнэ инфраструктурэ къыщызэгъэпэщыным хуэгъэзауэ. Дэ псоми — Правительствэми къалэхэмрэ районхэмрэ я унафэщIхэми — ди дежкIэ а Iуэхум мыхьэнэ хэха иIэщ икIи дэ тхузэфIэкI псори длэжьыпхъэщ а къалэныр нэсу гъэзэщIа хъун папщIэ.
АдэкIи пыщэн хуейщ ухуэныгъэм ирахьэлIэ материалхэр къыщIэзыгъэкI промышленностым и предприятэу иджыпсту щыIэхэр къэгъэщIэрэщIэжынымрэ техникэщIэкIэ къызэгъэпэщынымкIэ, IэнатIэщIэхэр ухуэнымкIэ лэжьыгъэм. Мыбдеж нэхъыщхьэр къыщIагъэкI продукцэм иIэ щIэупщIэм хэгъэхъуэнырщ, абы и лIэужьыгъуэхэр нэхъыбэ щIынырщ, мис итIанэ ухуэныгъэхэм я фIагъымрэ уасэмри тэмэму зэтеувэнущ.
Дэ Iуэху куэд къытпэщытщ псэупIэ-коммунальнэ IэнатIэм щыIэ щытыкIэр егъэфIэкIуэным хуэгъэзауэ. Республикэм и коммунальнэ инфраструктурэр жьы хъуащ. Хуабэ, псы зрикIуэ бжьамий гъуэгу нэхъыщхьэу, канализацэ гъуэгуу нэхъ жьы хъуахэр икIи къалэхэм я хьэблэ щхьэхуэхэм я псэукIэр зэIызыгъэхьэнкIэ хъунухэр зэман гъунэгъум къриубыдэу зэрахъуэкIыну къапэщытщ. Абы къыдэкIуэу Iуэхур зэтегъэувэн хуейщ цIыхум къигъэсэбэп Iуэхутхьэбзэхэм я уасэм и лей имыту. Апхуэдэущ тарифхэр къыумыIэту хэщIыныгъэхэр зэрыпхуэгъэмэщIэнур. Тэмэму хэплъэжын хуейщ псэупIэр зи мылъкуу щытхэм я зэгухьэныгъэхэм я лэжьэкIэм. Ахэр къыщIызэрагъэпэщауэ щытар псэупIэхэр зехьэным езы цIыхухэр хэтын папщIэщ. Ауэ дэ диIэщ цIыхухэр зэзымыгъэкIуалIэ зэгухьэныгъэ куэд. Абы и щхьэусыгъуэр псэупIэр зи мылъкуу щытхэм я зэгухьэныгъэхэр къызэзыгъэпэщахэм Iуэхур езыхэм я фейдэм зэрытращIыхьырщ. Абы къыхэкIыу апхуэдэ зэгухьэныгъэхэм я лэжьэкIэмкIэ цIыхухэр арэзыкъым.
Жылагъуэхэр зэIузэпэщ щIынымрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмрэ япыщIа Iуэхухэр Правительствэмрэ муниципалитетхэмрэ я къалэнхэм я нэхъыщхьэщ икIи властым и лэжьэкIэр къэзыгъэлъагъуэ Iуэхущ. Абы къыхэкIыу мы IэнатIэр тэ- мэму лажьэу зэтеухуэным ткIиягъ хэдмылъхьэу хъунукъым.
2013 гъэм адэкIи пащэн хуейщ республикэм и хуабэ-энергетикэ комплексым хиубыдэ предприятэхэм къэралым и дэIэпыкъуныгъэ етыным. Ауэ абы къыдэкIуэу гъэткIиипхъэщ абыхэм къагъэсэбэп Iуэхутхьэбзэхэмрэ энергиемрэ я уасэхэр зэратым, къатехуа щIыхуэхэр зэрапшыныжым зэрыкIэлъыплъыр. Ди Iэр къызыпекIуэкIыну щыIэ хэкIыпIэ псори зэщIэдгъэуIуапхъэщ энергиер къэзыгъэсэбэп псоми абы и уасэр зэратыр едгъэфIэкIуэн папщIэ.
Мы гъэм дэ къалэнышхуэ къытпэщытщ гъуэгу хозяйствэм и IэнатIэм хухаха инвестицэхэр къэгъэсэбэпын и лъэныкъуэкIэ. А ахъшэр мащIэкъым икIи ар зэгъэзэхуауэ, зыхухаха мурадым тещIыхьауэ гъэлэжьэным мыхьэнэшхуэ иIэнущ. Гъуэгу лэжьыгъэм пыщIа организацэхэм я Iуэхур зэIухауэ, фейдэ къыпэкIуэу, фIагъ пылъу ирагъэкIуэкIын хуейщ. ТкIийуэ бгъэдыхьэпхъэщ гъуэгу ухуэныгъэм къыщагъэсэбэп материалхэм я фIагъым, апхуэдэу гъуэгу ухуэныгъэм и уасэм кIэрыгъэхун, а IэнатIэм дэлэлхэр щымылажьэу зэтегъэувэн хуейщ. КIэщIу жыпIэмэ, дэ мы IэнатIэм щызэтедгъэувэн хуейщ гъуэгухэр зэращI технологие нэхъыфI дыдэхэр.
Транспортым и инфраструктурэм лъэщу зегъэужьыныр къалэн нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщу икIи ар щIыналъэхэм я зэхуэдэ Iуэхуу щытыпхъэщ. 2013 гъэм дэ къытпэщытщ цIыхухэр къезышэкI автомобиль транспортыр зэрызэрахьэр зэтхъуэкIыну, пассажир транспортыр къэдгъэщIэрэщIэжыну. Иджыпсту куууэ егупсысыпхъэщ Налшык къалэм и ищхъэрэ, ипщэ лъэныкъуэхэм автовокзалыщIэхэр щыухуэным. Зэман гъунэгъум къриубыдэу «Шынагъуэншагъэ здэщыIэ республикэ» автоматикэ программэр Налшык къалэм щызэтедгъэувэну, гъуэгухэм зэрыщызекIуэр нэхъ шынагъуэншэу къыщызэгъэпэщынымкIэ Iуэхухэр зэхэтлъхьэну къытпэщытщ. Зи чэзу Iуэхущ Налшык станцым и гъущI гъуэгу вокзалыр къалэ щIыбым хьыныр. КIыхьлIыхь ямыщIу щIадзэу зэхалъхьэн хуейщ аэропорт комплексыщIэм и проект-сметэ документацэр.
ПщIэ зыхуэсщI депутатхэ! Къэбэрдей-Балъкъэрым зегъэужьынымкIэ унэтIыныгъэ нэхъыщхьэ дыдэр мэкъумэш IэнатIэрщ. Дызытепсэлъыхь лъэхъэнэм къриубыдэу а IэнатIэм инновацэ Iуэхухэр, технологие нэхъ пэрыт дыдэхэр зи лъабжьэ лэжьапIэхэр щызэтеувэн, иджырей теплицэ комплексыщIэхэр щыухуэн, уней лъапсэхэм къыщагъэсэбэп теплицэ модулхэр къащэхуу ягъэувын хуейщ.
Дызэрыт илъэсым къапэщытщ иджырей технологиехэр къыщагъэсэбэп гъэш комплекс Шэджэм районым, Iэщ щагъашхэ IэнатIэ Дзэлыкъуэ районым щаухуэну, Налшык къалэм щащI гъэш, лы комбинатхэр лажьэу яутIыпщыну. А псори сэбэп хъунущ Iэщ гъэхъуныр иджырей технологиехэм тету зэтегъэувэнымкIэ.
Къуажэмрэ къуажэдэсхэмрэ ядэIэпыкъуныр ди дежкIэ дяпэкIи къалэн пэрыту щытынущ. АдэкIи пащэнущ къуажэм псэупIэ унэхэр, гъуэгухэр, къуажэ клубхэр, щэнхабзэ унэхэр, пэщIэдзэ медицинэ IэнатIэм и IуэхущIапIэхэр щыухуэнымкIэ, школхэр, псы зрикIуэ бжьамийхэр зэгъэпэщыжынымкIэ программэхэр гъэзэщIэным.
ЕрыскъыхэкIхэр къыщIэзыгъэкI, сырьем елэжь промышленностым и предприятэхэм къапэщытщ инвестицэхэр къызэщIэгъэуIуэным, технологие пэрытыр зи лъабжьэ, социальнэ къалэнхэр дэгъэкIыным хуэунэтIа IэнатIэхэр зэтегъэувэным и хьэкъкIэ къыщIагъэкI продукцэм нэхъри хагъэхъуэну икIи абы ипкъ иткIэ экономикэ зыужьыныгъэр щIагъэхуэбжьэну.
Ди стратегие мурадхэм хиубыдэу дэ къалэну догъэув инновацэм и Iэмалхэр къыщагъэсэбэп агропромышленэ комплекс зыбжанэ лажьэу утIыпщыныр. А къалэныр гъэзэщIа хъумэ, мэкъумэш хозяйствэм псынщIэу зричынурэ япэкIэ кIуэтэнущ.
Дэ Iуэху хъарзынэхэр щызэфIэдгъэкIащ бизнесым и IэнатIэ мыинымрэ курытымрэ. Иджы 2013 гъэм къалэн пэрыту увын хуейщ республикэм и хьэрычэт IэнатIэм адэкIи зегъэужьыным пыщIа Iуэхухэр — финанс, мылъку, инфраструктурэ Iуэхухэр дэгъэкIыныр.
Къэрал мылъкум хиубыдэ ухуэныгъэхэр тэмэму зехьэным и лъэныкъуэкIэ фIэкIыпIэ имыIэу зэхалъхьэн икIи къагъэсэбэпын хуейщ мылъкур комплекснэу зэгъэпэщыжынымрэ къэгъэщIэрэщIэжынымрэ трагъэкIуэдэну инвестицэхэр къызэрызэщIагъэуIуэну Iэмалхэр. Абы хиубыдэн хуейщ курорт-рекреацэ комплексымрэ абы ехьэлIа IуэхущIапIэхэмрэ. Апхуэдэ ухуэныгъэхэм трагъэкIуэдэну ахъшэм щыщ Iыхьэр къызэрагъэпэщын хуейщ ямыгъэIэпхъуэ мылъкур, апхуэдэу хозяйствэ зезыхьэ субъекту Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iыхьэ зыхэлъхэр приватизацэ щIыным и хьэкъкIэ.
Правительствэр нэхъ пыухыкIауэ елэжьын хуейщ приватизацэм, къэрал мылъкум и зэхэлъыкIэр гъэтэмэмыным ехьэлIа Iуэхухэм икIи абы папщIэ зэпымыууэ игъэмэщIапхъэщ къамыгъэсэбэп е зытещIыхьа мурадым тету къахуэмыгъэсэбэп IэнатIэхэм я бжыгъэр. Путин В.В. Федеральнэ Зэхуэсым Зэрызыхуигъэзам къызэрыхигъэщам хуэдэу, приватизацэр тетын хуейщ къэрал мылъкур хьэрэмыгъэ хэмылъу и уасэ нэсымкIэ щэным.
ЩIым ехьэлIа Iуэхухэр къапщтэмэ, абыхэм я унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ щIы Iыхьэу куэд къэгъэсэбэпу щIэдзэныр, псэупIэ ухуэным, мэкъумэшхэкIхэр къехьэлIэным хуэгъэзауэ щIы Iыхьэхэр къагъэсэбэпу хуежьэн папщIэ зыхуэфащэ инфраструктурэ зэтегъэувэнымрэ къэгъэсэбэпынымрэ, апхуэдэу республикэм и дежкIэ стратегие, социальнэ мыхьэнэ зиIэ щIы Iыхьэу федеральнэ мылъкум хиубыдэхэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал мылъкум, муниципальнэ мылъкум хэгъэхьэныр. ЩIым пыщIа Iуэхухэр зэхъуэкIыным и гугъу пщIымэ, ар къызэрымыкIуэу гугъущ. Апхуэдэу щыт пэтми, сэ щIэуэ къызэрагъэпэща лэжьакIуэ комиссэм хэтхэм лъэIукIэ захузогъазэ щIы Iуэхухэр гъэтэмэмыным ехьэлIауэ лэжьыпхъэу къалъытэхэр гъэхьэзырыным еужьэрэкIыну.
КъыхэзгъэщхьэхукIыну сыхуейщ: щIыр къэгъэсэбэпынымкIэ дэ икIэм-икIэжым сыт хуэдэ Iэмал къыхэдмыхми, ди мурад нэхъыщхьэр зэрыщыту къонэж — ар зытеухуар щIыр Къэбэрдей-Балъкъэрым ис цIыхубэм я сэбэп зыхэлъхэм тещIыхьауэ къызэрагъэсэбэпыпхъэрщ.
2013 гъэр Урысейм Дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэным и илъэсу щагъэуващ. Абы и лъэныкъуэкIэ щыIэ щытыкIэр ирагъэфIэкIуэн папщIэ республикэм къыщащтащ 2013 — 2025 гъэхэм ятещIыхьа «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм кIэрыхубжьэрыхухэр тэмэму щызехьэныр» программэ хэхар. Ар зэрагъэзащIэм зэпымыууэ кIэлъыплъын хуейщ республикэм и Правительствэр, щIыпIэ унафэр зезыгъакIуэ органхэр.
ЩIыналъэхэр хъумэнымрэ абыхэм зегъэужьынымрэщ муниципалитетхэм я къалэн нэхъыщхьэр. Властым и щIыналъэ органхэм къабгъэдохуэ республикэм и къалэ, район псоми я паркхэр зэтегъэувэжынымрэ абыхэм зегъэужьынымкIэ программэхэр зэхалъхьэу ахэр гъэзэщIэным щIадзэну, жылагъуэхэр зэIузэпэщ щIыным зыубгъуауэ цIыхухэмрэ предприятэхэмрэ къыхашэну. Жылагъуэхэм къыщызэрагъэпэщын хуейщ цIыхухэм тэмэму зыщагъэпсэху щIыпIэ дахэхэр. Апхуэдэу иджырей технологиехэр къагъэсэбэпурэ, хэхауэ кIэлъыплъыпхъэщ мэзхэр зэрахъумэм, ахэр зэрызэтрагъэувэжым.
ЦIыхухэм конституцэкIэ яIэ хуитыныгъэ нэхъыщхьэхэм ящыщ зыщ зыхэпсэукI дунейр дагъуэншэу щытынымкIэ хуитыныгъэр. А хуитыныгъэр къызэгъэпэщыныр псоми ди зэхуэдэ къалэнщ икIи къэкIуэну щIэблэхэм я пащхьэ абыкIэ жэуап щыдохь.
Зэманым къигъэув къалэнхэм екIуу республикэр щытынымкIэ, абы и зыужьыныгъэм и инновацэ гъуэгур зэтегъэувэнымкIэ сэбэп мэхъу нэгъуэщI къэралхэм ядэлэжьэныр, къэрал щIыб экономикэ зэпыщIэныгъэр егъэфIэкIуэныр. Иужьрей илъэсхэм республикэр дунейпсо экономикэ зэхыхьэшхуэу пщIы бжыгъэхэм хэтащ, Европэм щыIэ къэралхэм щыщ цIыхуу къулыкъушхуэ зыIыгъхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIащ. Апхуэдэ лэжьыгъэм и фIыщIэкIэ, республикэм инвестицэхэмрэ иджырей технологиехэмрэ къаIэрохьэ. А лэжьыгъэр дяпэкIи нэхъ щIэгъэхуэбжьауэ егъэкIуэкIын хуейщ.
Ди лэжьыгъэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщу дызыхуэкIуэ лъэхъэнэми щытынущ республикэм инвестицэ щытыкIэ тэмэм щызэтегъэувэныр. Абы и лъабжьэр нобэм ирихьэлIэу гъэтIылъа хъуащ: зыхуэфащэ хабзэ хъарзынэхэр къащтащ, къэралым и дэIэпыкъуныгъэ иратурэ инновацэ лэжьыгъэ езыгъэкIуэкIхэр трагъэгушхуэнымкIэ зыхуеину Iуэхухэр зэхалъхьауэ ягъэзащIэ. Къапщтэмэ, инвестицэ проекти 9-р ягъэзэщIэн папщIэ, предприятэ ину 8-м мылъкум техуэ налогымкIэ льготэхэр хуагъэуващ. А проектхэм трагъэкIуэдэн папщIэ къызэщIагъэуIуа инвестицэхэр сом мелард 17-м ноблагъэ.
Фызэрыщыгъуазэщи, республикэр жыджэру хэтщ федеральнэ программэ зэмылIэужьыгъуэхэм. Къэралыр къызэрыддэIэпыкъум и фIыщIэкIэ, 2011 гъэм щIадзауэ Урысей Федерацэм и Инвестицэ фондым и ахъшэкIэ Май районым щагъэзащIэ ерыскъыхэкIхэр къыщIэзыгъэкI IэнатIэмрэ щэкIхэр зэIузыщэ IэнатIэмрэ къыщагъэсэбэпыну полиэтилентерефталат къыщIэзыгъэкIыну завод ухуэным тещIыхьа инвестицэ проектыр. 2013 гъэм щIышылэм и 1-м ирихьэлIэу а проектым ипкъ иткIэ сом мелуан 874-м щIигъу къагъэсэбэпащ.
«Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щагъэзащIэ инвестицэ проектхэм япкъ иткIэ, Урысей Федерацэм и къэрал шэсыпIэхэр етыным теухуауэ» Урысей Федерацэм и Правительствэм 2011 гъэм накъыгъэм и 4-м къищта унафэр гъэзэщIэным хиубыдэу ди проекту 4 къыхахащ. КъызэрабжамкIэ, ахэр гъэзэщIэным сом мелард 23-рэ текIуэдэнущ. 2012 гъэм къэрал шэсыпIэ хуагъэуващ япэ проектым. Ар «Бжыгъэхэр зи лъабжьэ иджырей медицинэ техникэ щIыным теухуауэ» «Севкаврентген-Д» яхь жэуаплыныгъэр зэхэгъэщхьэхукIа зэгухьэныгъэм игъэхьэзырарщ. Дызэрыт илъэсым дэ зэфIэдгъэкIын хуейщ къыхаха адрей проектхэми ехьэлIауэ къэрал шэсыпIэхэр ягъэувыныр.
Турист-рекреацэ теплъэ зиIэ экономикэ щIыналъэ хэхахэр Шэрэдж, Шэджэм, Дзэлыкъуэ, Iуащхьэмахуэ районхэм я щIыналъэхэм хиубыдэу къызэгъэпэщынымкIэ проектхэр IэнатIэ псори, прессэри абы хэту, нэхъ зыубгъуауэ зытепсэлъыхьхэм ящыщу жысIэмэ, сыщыуэну къыщIэкIынкъым. Нобэм ирихьэлIэу а щIыналъэхэм я гъунапкъэ псори яубзыхуащ икIи щIым, мылъкум ехьэлIа документхэр гъэхьэзырыным йолэжь.
Республикэм и Правительствэм дызэрыт илъэсым къыбгъэдэхуэ къалэн нэхъыщхьэщ Iэ зыщIидза зэгурыIуэныгъэхэм япкъ иткIэ зыхуигъэувыжа къалэнхэр нэсу гъэзэщIэныр. Хэхауэ къыхэзгъэщхьэхукIыну сыхуейщ: ищхьэкIэ къыщыгъэлъэгъуа проектым теухуа сыт хуэдэ лэжьыгъэри зыхуэфащэ районхэм щыпсэу цIыхухэр фIэкIыпIэ имыIэу хэту икIи абыхэм я Iуэху еплъыкIэр къэлъытауэ ирагъэкIуэкIын хуейщ.
Ди щIыналъэхэм яIэ къыхэщхьэхукIыныгъэхэр нэхъ нэсу къэгъэсэбэпа хъун папщIэ, 2012 гъэм и кIэухым Урысей Федерацэм Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм дэ хуедгъэхьащ промышленностым и продукцэ къыщыщIагъэкI экономикэ щIыналъэ хэха Май районым къыщызэгъэпэщыным теухуа заявкэ. Егъэлея хъунукъым турист кластер къызэгъэпэщыным къыдэкIуэу, а проектыр нобэ нэхъ ин дыдэхэм зэращыщыр жыпIэмэ. Абы къыхэкIыу ди дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ Урысей Федерацэм Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм иригъэкIуэкI конкурсым ар щыпхыгъэкIыным.
Зэрыфлъагъущи, инвестицэ жыджэрагъыр къэIэтыным хуэгъэзауэ зэфIагъэкIхэр мащIэкъым, ауэ абы и лъэныкъуэкIэ щыIэ гугъуехьхэри куэд мэхъу.
Зэман кIыхьым тещIыхьауэ инвестицэхэр къызэщIагъэуIуэнымкIэ Iэмал тэмэмхэр зэтригъэувэн папщIэ республикэм и Правительствэм зэфIигъэкIын хуейщ:
республикэм щрагъэкIуэкI инвестицэ лэжьыгъэр зэблэзыгъэкI хабзэ мардэхэр егъэфIэкIуэныр;
ди экономикэм инвестицэхэр къыхалъхьэн папщIэ къэралымрэ мылъку зыбгъэдэлъ цIыху щхьэхуэхэмрэ зэрызэдэлажьэ щIыкIэм зегъэужьыныр;
промышленнэ, турист-рекреацэ теплъэ зиIэ экономикэ щIыналъэ хэхахэр къызэгъэпэщыным теухуа проектхэр пхыгъэкIыныр;
инвестицэ проект инхэр гъэзэщIэнымкIэ Урысей Федерацэм и къэрал шэсыпIэхэр къэгъэсэбэпыныр.
2012 гъэм фокIадэм и 10-м Урысей Федерацэм и Президентым къыдигъэкIа Указ №1276-мкIэ къащтащ хьэрычэт лэжьыгъэ ирагъэкIуэкIын папщIэ Iэмал тэмэмхэр зэтегъэувэнымкIэ Урысей Федерацэм и субъектхэм я къулыкъущIэ нэхъыщхьэхэм ирагъэкIуэкI лэжьыгъэр зыхуэдэр къызэрапщытэ унэтIыныгъэхэм я спискэр. Абы ипкъ иткIэ фIэкIыпIэ зимыIэ Iуэхухэм ящыщу яубзыхуащ щIыналъэм инвестицэ щытыкIэ тэмэм къыщызэгъэпэщынымкIэ Урысей Федерацэм и субъектым и гъэзэщIакIуэ властым и органхэм я лэжьэкIэмкIэ стандартымрэ абы къыщыгъэлъэгъуа Iуэхухэр гъэзэщIа зэрыхъум хьэрычэтыщIэхэр зэреплъымрэ. Стандартым хеубыдэ хабзэ мардэхэр, Урысей Федерацэм и субъектым къыщащтэн хуей адрей документхэмрэ Iуэхур къызэзыгъэпэщ унафэхэмрэ.
Республикэм и Правительствэм и пщэ изолъхьэ ищхьэкIэ къыщыгъэлъэгъуа Стандартыр текI имыIэу къэгъэсэбэпыныр къызэригъэпэщыну икIи а лэжьыгъэм зэпымыууэ хэхауэ и нэIэ тригъэтыну.
Ди бюджет политикэр республикэм и социально-экономикэ политикэм и Iыхьэу зэрыщытым къыхэкIыу ар цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэнымрэ экономикэм и зэфIэкIыр къэIэтыным- рэ яхуэгъэзауэ щытып- хъэщ.
Абы къыхэкIыу къалэн нэхъыщхьэ дыдэу сыт щыгъуи щытащ, дяпэкIи апхуэдэу щытынущ республикэм, щIыналъэхэм я бюджетхэм къаIэрыхьэ хэхъуэхэр нэхъыбэ щIыныр. Абы папщIэ зэпымыууэ зегъэубгъупхъэщ налог ахъшэми, налогхэм химыубыдэ ахъшэми я хэкIыпIэхэм.
Дэ ди налог политикэр къалэну тIу гъэзэщIэным хуэунэтIауэ щытын хуейщ. Япэ къалэныр – республикэм и бюджет зэгуэтым къыIэрыхьэну хэхъуэхэр зыхуэдизыр нэхъ тэмэму къэбжынырщ. ЕтIуанэр – налогхэмрэ налогыу щымыт ахъшэмрэ нэхъ нэсу къыхэхы- нырщ.
Ахъшэу къыхахыр зэпымыууэ нэхъыбэ щIынымкIэ щыIэ Iэмалхэр мащIэкъым. Псалъэм папщIэ, зэпымыууэ хэгъэхъуэн хуейщ ухуэныгъэм, фадэхэкIхэр зэрызэблагъэкIым, ямыгъэIэпхъуэ мылъкум и рынокым, сатум я IэнатIэм къабгъэдэкI налог ахъшэр.
2013 — 2015 гъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и республикэ бюджетым и хэщIхэр щызэхагъэувэкIэ, абыхэм социальнэ унэтIыныгъэ яIэныр къызэрагъэпэщыну я мурадщ. Ди дежкIэ къалэн нэхъыщхьэ дыдэщ егъэджакIуэхэм, гъэсакIуэхэм, медицинэ, социальнэ лэжьакIуэхэм, апхуэдэу щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм я лэжьапщIэм хэгъэхъуэным хуэунэтIауэ Урысей Федерацэм и Президентым 2012 гъэм и накъыгъэ мазэм къыдигъэкIа указхэр гъэзэщIэныр.
Бюджет ахъшэр зытрагъэкIуэдэнухэр щызэхалъхьэкIэ къалъытэн хуейщ хэщIхэмкIэ къалэнхэр фIэкIыпIэ имыIэу зэрыгъэзэщIапхъэр. Абы къыхэкIыу бюджет мылъкум унафэ тезыщIыхьхэм я къалэнщ хэщIхэмкIэ къалэнхэм хэплъэжу, ахэр щагъэзэщIэн хуей пIалъэхэмрэ ахъшэу трагъэкIуэдэнур зыхуэдизымрэ ягъэтэмэмыжыну.
Къэралыр зыхуейм папщIэ товархэмрэ Iуэхутхьэбзэхэмрэ къыщащэхукIэ, мылъкур нэхъ зэгъэзэхуауэ къызэрагъэсэбэпыным хущIэкъупхъэщ. Абы папщIэ заказхэр хэгуэшэным пыщIа Iуэхухэр нэхъ тэмэму ирагъэкIуэкIын, къэрал заказыр къэзыщтэнухэм я зэпеуэр ягъэлъэщын икIи апхуэдэ лэжьыгъэм дэтхэнэри къыхыхьэнымкIэ зэхуэдэ Iэ- малхэр хузэтрагъэувэн хуейщ.
Зэпымыууэ зэпэлъытыпхъэщ хэхъуэхэр къазэрыIэрыхьэмрэ зыхуэфащэ зэманхэм ятещIыхьауэ ягъэзэщIэн хуей Iуэхухэм трагъэкIуадэ хэщIхэмрэ зэрызэхуэхъур. Абы и лъэныкъуэкIэ нэрылъагъуу хохъуэ кассэ планым и фIагъымрэ ар зэрагъэзащIэмкIэ республикэ бюджетым и мылъкум и унафэщI нэхъыщхьэхэм яхь жэуапым.
ИщхьэкIэ къыщыгъэлъэгъуа Iуэхухэр гъэзэщIэныр сэбэп хъун хуейщ бюджет IэнатIэм и зэфIэкIыр къэIэтынымкIэ, щIыналъэм, щIыпIэ пыухыкIахэм бюджет лэжьыгъэр зэрырагъэкIуэкIыр егъэфIэкIуэнымкIэ, республикэм и бюджетым зэпIэзэрытыныгъэ хэлъхьэнымкIэ.
ПщIэ зыхуэсщI депутатхэ! Сыт хуэдэ экономикэ, технологие зэхъуэкIыныгъэхэми я мыхьэнэр икIэм-икIэжым къызэралъытэр социальнэ Iуэхухэр зэрыдэкIырщ, цIыхухэм я псэукIэр зэрефIакIуэрщ.
Зи псэукIэр нэхъ хуэмыщIа цIыху гупхэм защIэгъэкъуэным, социальнэ гугъуехьхэр гъэмэщIэным и лъэныкъуэкIэ нэхъ хуэмыщIа дыдэхэр гъэбелджылын икIи къэрал дэIэпыкъуныгъэхэр щраткIэ абыхэм хэхауэ ябгъэдыхьэн хуейщ. Псалъэм папщIэ, пенсионерхэм зэрадэIэпыкъур иригъэфIэкIуэн папщIэ Правительствэр хэплъэн хуейщ псэупIэмрэ коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэмрэ я уасэхэм унагъуэм къаIэрыхьэ хэхъуэ псоми щыщу тригъэкIуадэ процент 15-р процент 12-м нэсу егъэхынымкIэ зыхуэфащэ Iуэхухэм.
Гулъытэ хэха ягъуэтын хуейщ ныкъуэдыкъуэхэм. Абыхэм я узыншагъэм и щытыкIэм зэпымыууэ зэрыкIэлъыплъыр, медицинэ Iуэхутхьэбзэхэр щызэфIагъэкIкIэ ахэр япэ зэрырагъэщыр, «Нэхъыжьхэр», ныкъуэдыкъуэхэм ятеухуа адрей республикэ программэхэр зыубгъуауэ зэрагъэзащIэр, ныкъуэдыкъуэхэм папщIэ лэжьапIэ IэнатIэхэр хэхауэ къызэрызэрагъэпэщыр, психологие дэIэпыкъуныгъэ зэрыратыр сэбэп хъун хуейщ ныкъуэдыкъуэхэр гъащIэм хэзэгъэжыным къыщымынэу, абыхэм я зэфIэкIхэр нэсу къагъэсэбэпынымкIи. Сабий ныкъуэдыкъуэхэм фIэкIыпIэ имыIэу курыт щIэныгъэ ягъуэтынымкIэ Iэмалхэр къыхузэрагъэпэщын, унагъуэшхуэхэм, унагъуэ хуэмыщIахэм ящыщ сабийуэ, ныбжьыщIэу, сабий ныкъуэдыкъуэу, адэ-анэм я жьауэм щIэмытыжу къэна сабийуэ зыгъэпсэхуакIуэ ягъакIуэхэм, зи узыншагъэр ирагъэфIакIуэхэм я бжыгъэм хэгъэхъуэн хуейщ.
Къэралымрэ жылагъуэмрэ я гулъытэ мыухыж, дэ тщыщ дэтхэнэ зыми и хуабагъэ ялъагъун хуейщ Хэку зауэшхуэм и ветеранхэм. Псом япэу гъэзэщIапхъэщ абыхэм псэупIэ етынымкIэ зыхуэдгъэувыжа къалэнхэр. Зэи тхуэмыпшыныжыну абыхэм я щIыхуэ зэрыттелъым къыхэкIыу дэ я пащхьэ жэуаплыныгъэ хэха щыдохь.
Жылагъуэм щыIэ социальнэ зэпIэзэрытыныгъэр хъумэным, лэжьыгъэм и рынокым адэкIи зегъэужьыным хуэунэтIауэ нэхъри щIагъэхуэбжьэн хуейщ щIалэгъуалэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэщынымкIэ лэжьыгъэр. Абы папщIэ ахэр зыхуэфащэ IэнатIэхэм зэрыщылэжьэнум хуэгъэхьэзырын, IэщIагъэлI ныбжьыщIэ- хэр лэжьэкIэм хуэгъэсэн хуейщ.
Урысей Федерацэм и Президентым Федеральнэ Зэхуэсым Зэрызыхуигъэзар нэхъыбэу зытеухуауэ щытар цIыхум и зэфIэкIырщ. Езыми къызэрыхигъэщхьэхукIащи, аращ къэралым тэмэму зиужьынымкIэ хэкIыпIэ нэхъыщхьэр.
ЦIыхум и зэхэщIыкIыр зэтегъэувэнымкIэ Iэмал нэхъыщхьэр егъэджэныгъэрщ, абы къыхэкIыу а IэнатIэм дэIэпыкъунымрэ зегъэужьынымрэ дэ зэпымыууэ ди нэIэ тедгъэтщ, дяпэкIи тедгъэтынущ.
БлэкIа илъэсхэм республикэм егъэджэныгъэмкIэ и IэнатIэм егъэджэныгъэр къэгъэщIэрэщIэжыным хуэунэтIа федеральнэ проектхэм япкъ иткIэ ахъшэшхуэ къыIэрыхьащ, абы республикэм езым хуэфэщэн мылъкуи хилъхьащ. А мурадхэм папщIэ 2013 гъэм къытхуаутIыпщыну федеральнэ ахъшэр сом мелуан 400-м щIегъу. Правительствэм и къалэнщ егъэджэныгъэм и IэнатIэм къыпэщыт Iуэху нэхъыщхьэ дыдэхэр зэфIагъэкIыным хуэунэтIауэ апхуэдиз ахъшэр икъукIэ зэгъэзэхуауэ къигъэсэбэпы- ну.
Федеральнэ Зэхуэсым Зэрызыхуигъэзам Путин В. В. къыщыхигъэщхьэхукIащ: «Егъэджэныгъэм и IэнатIэм и джэлэсу щытыпхъэр зэфIэкIышхуэ зыбгъэдэлъ, щIэныгъэшхуэ зиIэ егъэджакIуэрщ. Апхуэдэ лэжьакIуэхэр зырызыххэу къыхэхын, апхуэдэхэм яхуэсакъын, ядэIэпыкъун хуейщ». Мис абы тещIыхьауэ республикэм и Правительствэм, Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ министерствэм дызэрыт зэманым зэхигъэувэн хуейщ егъэджэныгъэм и IэнатIэр IэщIагъэлIхэмкIэ къызэгъэпэщыным хуэгъэза хабзэ пыухыкIахэр. Абы папщIэ егъэджэныгъэм и IэнатIэм щылажьэ псоми я IэщIагъэмрэ щIэныгъэмрэ зэрыхагъахъуэр егъэфIэкIуэн хуейщ. А лэжьыгъэр дэтхэнэ зы цIыхуми тещIыхьауэ, езы IэнатIэм нэхъ ехьэлIауэ зэтегъэувапхъэщ. Мыбдеж программэхэр лэжьакIуэхэм я Iуэхум къезэгъыу зэхагъэувэн икIи егъэджэныгъэхэр республикэм и курыт еджапIэ нэхъыфIхэр къагъэсэбэпурэ ирагъэкIуэкIын хуейщ.
Курыт еджапIэхэмрэ республикэм и профессиональнэ еджапIэхэмрэ я егъэджакIуэхэм ику иту къаIэрыхьа улахуэр экономикэм и IэнатIэхэм къыщалэжьым хуэдизу 2013 гъэм щытын папщIэ егъэджэныгъэм хуаутIыпщ ахъшэр сом 1 мелардым щIигъукIэ нэхъыбэ ящIащ. ЛэжьапщIэм зэрыхагъэхъуам, абы къыдэкIуэу, социальнэ дэIэпыкъуныгъэри зэрефIэкIуам егъэджакIуэм и пщIэр къызэриIэтам къыщымынэу, школым IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэр къешэлIэнымкIи сэбэп хъуащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм и пщэ изолъхьэ республикэм и школхэм IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэр, абыхэм Урысей Федерацэм и нэгъуэщI щIыналъэхэм щыщхэри яхэту, къешэлIэнымкIэ зэфIэгъэкIыпхъэхэр иубзыхуу къыхилъхьэну.
Къытпэщыт лъэхъэнэм къэув къалэн нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщщ зи школ кIуэгъуэ мыхъуахэр зыхуэфащэ IуэхущIапIэхэм ягъэкIуэнымкIэ цIыху псоми зэхуэдэ Iэмалхэр къахузэгъэпэщыныр. Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир къызэригъэувам тету, 2016 гъэм нэсыху зэфIагъэкIын хуейщ зи ныбжьыр илъэси 3-м щегъэжьауэ илъэси 7-м нэс ит сабий псори сабий садхэмкIэ къызэгъэпэщыным теухуа лэжьыгъэхэр. А къалэныр дэ 2014 гъэм ирихьэлIэу зэфIэдгъэкIыну зыхуэдгъэувыжащ, абы къыхэкIыу Правительствэмрэ щIыналъэ администрацэхэм я Iэтащхьэхэмрэ захузогъазэ а лэжьыгъэр нэхъ егугъуу ирагъэкIуэкIыну.
Республикэм и Правительствэм, Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм къапэщытщ пэщIэдзэ, курыт профессиональнэ егъэджэныгъэм и IэнатIэм и зэхэлъыкIэр ягъэтэмэмыну, абыхэм я лэжьэкIэр ирагъэфIэкIуэну. Абы и лъэныкъуэкIэ плъапIэ нэхъыщхьэр республикэм и экономикэр зыхуэфащэ IэщIагъэ зиIэ кадру, псом япэу, рабочэ IэщIагъэхэр зиIэ лэжьакIуэу зыхуэныкъуэхэр, къэкIуэну зэманым нэхъ зыхуеинухэр нэгъэсауэ къэлъытэнырщ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIэныгъэ центрыр, вузхэр, республикэм и щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтхэр нэхъ быдэу зэпыщIауэ елэжьын хуейщ прикладной къэхутэныгъэхэр егъэкIуэкIынымрэ экономикэм и IэнатIэхэр зыхуеину Iуэхухэр зэхэлъхьэнымрэ. Дэтхэнэ IэнатIэми и продукцэм щIэупщIэ щиIэнур абы иджырей материалхэмрэ технологиехэмрэ къыщигъэсэбэпым дежщ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, зэкIэ ди деж нэхъыбэу къыщагъэсэбэпыр нэгъуэщI къэралхэм я технологиехэрщ. Сэ къызолъытэ а Iуэхушхуэр дэгъэкIыным елэжьын папщIэ ди щIэныгъэлIхэр тезыгъэгушхуэн Iэмалхэр зэхэлъхьэн хуейуэ.
Республикэм щIэгъэхуэбжьауэ щокIуэкI узыншагъэр хъумэн IэнатIэр къэгъэщIэрэщIэжыныр. А лэжьыгъэр дэ узыншагъэр хъумэнымкIэ IуэхущIапIэ нэхъ инхэм къыщедгъэжьащ. 2013 гъэм IэнатIэр адэкIи къэгъэщIэрэщIэжыным пащэнущ. Мыбдеж гулъытэ хэха щыхуащIын хуейщ IуэхущIапIэхэм я мылъку-техникэ зэфIэкIыр къаIэтыным, узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэм информатизацэм зыщегъэубгъуным.
Узыншагъэр хъумэн IэнатIэр къэгъэщIэрэщIэжынымкIэ программэм ипкъ иткIэ, медицинэ дэIэпыкъуныгъэ етыныр Iыхьищу зэщхьэщыхауэ къызэгъэпэщыным зэрыхуэкIуам къыхэкIыу ягъэува стандартхэмрэ методикэхэмрэ езэгъыу Iуэхутхьэбзэ тэмэм хуащIэу щIадзащ. Апхуэдэ къызэгъэпэщыкIэр зэрытэмэмыр иджы гурыIуэгъуэщ, сыту жыпIэмэ, абы хиубыдэу сымаджэр и зэманым стационарым яшэ икIи узыр хэмыужьынэ щIыкIэ еIэзэу щIадзэ.
Медицинэ дэIэпыкъуныгъэ ягъуэтынымкIэ псоми зэхуэдэ Iэмалхэр яIэн папщIэ, зыхуэфащэ Iуэхухэр зэфIагъэкIын хуейщ пыухыкIауэ уз щхьэхуэхэр зэрагъэхъуж, иджырей технологие лъагэхэр къызэрагъэсэбэп системэхэр егъэфIэкIуэным, апхуэдэу социальнэ мыхьэнэшхуэ зиIэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэ къызэгъэпэщыным хуэунэтIауэ. Апхуэдэу адэкIи пыщэн хуейщ цIыхухэм щеIэзэ IуэхущIапIэхэм я мылъку-техникэ, технологие зэфIэкIхэр къэIэтыным.
Дызэрыт илъэсым зи чэзу Iуэхухэр ялэжьыпхъэщ анэмрэ щIэблэмрэ я узыншагъэр хъумэным, апхуэдэу сабийхэм къыдалъхуа узыфэхэр пасэу зэхэгъэкIыным хуэунэтIауэ. Сабийхэмрэ анэхэмрэ ират медицинэ дэIэпыкъуныгъэм и фIагъыр къаIэтынымкIэ шэсыпIэу увын хуейщ республикэм и сабий клиникэ сымаджэщымрэ перинатальнэ центрымрэ ягъуэта зыужьыныгъэр.
IэнатIэр къэзылъахъэ икIи икIэщIыпIэкIэ къызэнэкIын хуей гугъуехь нэхъыщхьэр IэщIагъэ нэс зиIэ лэжьакIуэхэмкIэ IэнатIэр ирикъуу, къызэрызэмыгъэпэщарщ икIи абы и щхьэусыгъуэр узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэм тэмэму псэуну Iэмал зэрамыIэрщ. Урысей Федерацэм и Президен- тым нэгъабэ и накъыгъэ мазэм къыдигъэкIа Указым езэгъыу а гугъуехьыр къызэднэкIын папщIэ узыншагъэр хъумэным и лэжьакIуэхэм я лэжьапщIэр 2013 гъэм жэпуэгъуэм и 1-м щегъэжьауэ процент 20-кIэ хухагъэхъуэнущ икIи абы текIуэдэну ахъшэр мы илъэсым Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и республикэ бюджетым щыхухахащ. АдэкIэ дыплъэмэ, 2018 гъэм ирихьэлIэу, дохутырхэм я лэжьапщIэр сом мин 55-м нэсынущ.
КъызэрыслъытэмкIэ, Iуэхум а и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм щедгъэкIуэкI лэжьыгъэхэм Iэмал къатынущ республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэм зэман благъэм къриубыдэу тэмэму зиужьынымкIэ.
Федеральнэ Зэхуэсым Зэрызыхуигъэзам Путин Владимир къыщигъэуващ «къэралымрэ цIыхухэмрэ узыншагъэр хъумэным тещIыхьа псэукIэм зэрыхущытыр къызэнэкIын хуейуэ». Абы и лъэныкъуэкIэ иужьрей илъэсхэм ди деж лэжьыгъэшхуэ щекIуэкIащ, ауэ зэфIэдгъэкIын хуейуэ къанэхэри мащIэкъым. ЗэкIэ диIэ спорт IуэхущIапIэхэр мащIэIуэщ. Къапщтэмэ, дызыхуейм елъытауэ спорт IуэхущIапIэ зэIухауэ процент 80 хуэдиз, спортзалу процент 52-рэ, бассейну проценти 7-м зымащIэкIэ щIигъу диIэу аращ.
Правительствэм, Спортымрэ туризмэмкIэ министерствэм яхузэфIэкI псори ялэжьыпхъэщ физкультурэмрэ спортымрэ я IуэхущIапIэхэм я мылъку-техникэ зэфIэкIхэм зегъэужьынымкIэ, спорт ухуэныгъэхэр щIынымрэ зэгъэпэщыжынымкIэ. Мы Iуэхум бизнесыр къыхэшэным иIэ мыхьэнэр мащIэкъым. Iэмал тэмэмхэр зэтегъэувапхъэщ щхьэзакъуэ инвесторхэр спорт ухуэныгъэхэм къыхыхьэн папщIэ. Нэхъ зыубгъуауэ къэгъэсэбэпыпхъэщ къэралымрэ цIыху щхьэхуэхэмрэ я мылъкухэр зэщIыгъуу зэрагъэлажьэ хэкIыпIэхэр. Абы бизнесыр къыдихьэхыну си гугъэщ. ИкъукIэ лэжьыгъэшхуэ къытпэщытщ. Абы кърикIуэхэм иужькIэ цIыхухэм илъэсипщI бжыгъэкIэ къагъэсэбэпын папщIэ ягъэува пIалъэхэм япэ дищу дылэжьэн икIи физкультурэмрэ спортымрэ комплекснэу зегъэужьынымкIэ программэ лъэщ зэхэтлъхьэн хуейщ.
Республикэм зегъэужьынымкIэ нэхъ мыхьэнэш- хуэ зиIэ унэтIыныгъэхэм ящыщщ щэнхабзэм и IэнатIэр. Абы и лъэныкъуэкIэ къэув къалэнхэр Федеральнэ Зэхуэсым Зэрызыхуигъэзам купщIафIэу щызэпкърихащ Путин В. В. Абы къыхигъэщхьэхукIащ: «Нобэ урысей жылагъуэм нэрылъагъуу хуримыкъухэм ящыщщ псэр зэщIэзыIэтэ гущIэгъур, зым адрейм зыщIигъэкъуэныр, дэIэпыкъуныр, нэгъуэщIу жыпIэмэ, тхыдэм и сыт хуэдэ лъэхъэнэми дэ къару къытхэзылъхьэу щыта икIи дызэрыгушхуэу екIуэкIа Iуэхухэр».
Абы и лъэныкъуэкIэ убгъэдыхьэмэ, дэ хэхауэ дегугъун хуейщ тхыдэм и блэкIар хъумэным, ижь-ижьыж лъандэрэ къыддекIуэкI хабзэхэр цIыхухэм ящымыгъупщэным. Мыбдеж къыдгурыIуэн хуейщ блэкIам хуэсакъыныр зы лэжьыгъэ пыухыкIакIэ е программэ хэхакIэ къызэгъэпэща зэрымыхъунур. Ар зэпымыууэ зэлэжьын хуей Iуэхущ.
Республикэм и Правительствэм дяпэкIи зыхуеину къэрал дэIэпыкъуныгъэ иритын хуейщ щэнхабзэм и IэнатIэм. Мы гъэм Музыкэ театрым лажьэу щIидзэжын хуейщ. Апхуэдэу пащапхъэщ «Налшык» курортым щэнхабзэмкIэ и унэр, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей драмэ театрым и унэр зэгъэпэщыжыным, Театр центрыр щIыным. Зыхуэфащэ псори лэжьыпхъэщ дэтхэнэ зы жылагъуэми щэнхабзэм и IуэхущIапIэ тэмэм къыщызэгъэпэщынымкIэ, къуажэм и щэнхабзэ гъащIэм и иджырей инфраструктурэ зэтегъэувэнымкIэ.
Правительствэм япэ дыдэ иригъэщын хуей Iуэхущ щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я лэжьакIуэхэм социальнэ дэIэпыкъуныгъэ тэмэм етыныр, абыхэм я улахуэм хэгъэхъуэныр. Дэ щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм я улахуэр республикэм и экономикэм ику иту къыщалэжьым 2018 гъэм нэдгъэсыну къытпэщытщ. А къалэным дэ иджы щыщIэдзауэ гъэ къэс делэжьын хуейщ.
Аргуэру зэ къыхэзгъэщхьэхукIыну сыхуейщ цIыхум и зэхэщIыкIымрэ гупсысэмрэ къэIэтыныр зэрымытыншыр, ар зэман кIыхьым тещIыхьа къалэну зэрыщытыр. Къэралым, творческэ интеллигенцэм, граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм, республикэм и щэнхабзэ IуэхущIапIэ псоми я къару зэхэлъкIэщ мыхьэнэшхуэ зиIэ а Iуэхур зэрыпхуэгъэзэщIэнур.
Дэ пщIэ яхудощI ди республикэм щыпсэу лъэпкъ псоми я хабзэхэм. Шэч къызытумыхьэжыну ди ехъулIэныгъэхэм ящыщщ лъэпкъ, дин зэхущытыкIэхэр зэпIэзэрыту зэрекIуэкIыр. Аращ республикэм зэпIэзэрытыныгъэр щыхъумэным и лъабжьэр.
Абы къыдэкIуэу къэгъэлъэгъуэн хуейщ цIыху зэхэщIыкIыр зэтегъэувэжыныр къызэрыпщыхъункIэ хъунум нэхърэ нэхъ гугъуу, языныкъуэхэм деж упэмылъэщыным хуэдизу хьэлъэу, къызэрыщIэкIыр, ар дэгъэкIа хъун папщIэ къэралми жылагъуэми я зэфIэкIхэр зэрызэкъуэгъэувапхъэр. Хэхауэ нобэ гулъытэ хуэщIыпхъэщ диным, псом япэу дэ къыддекIуэкI мэсхьэбхэм къытхуахь фIыгъуэхэр хэIущIыIу щIыным. Дин мэсхьэб егъэлеяхэм зыкъаIэтыныр къэбгъэхъу хъунукъым, сыту жыпIэмэ абы ди зэкъуэтыныгъэр къигъэтIэсхъэнущ. Къэрал властымрэ муниципальнэ властымрэ я органхэр, хабзэхъумэ IэнатIэхэр, республикэм и Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэр ткIийуэ хамэ идеологием пэщIэувэн хуейщ. ЗэхэщIыкIыгъуэу икIи гурыIуэгъуэу абы и лъэныкъуэкIэ дэтхэнэ зы цIыхуми дэлэжьэн хуейщ щысабийм щегъэжьауэ.
Иджырей лъэхъэнэм къэралымрэ жылагъуэмрэ къапэщыт Iуэху нэхъыщхьэхэм ящыщщ щIалэгъуалэм я социальнэ мыхьэнэр, абыхэм я дуней еплъыкIэмрэ зэхэщIыкIымрэ къэIэтыныр. Ди къэрал щIалэгъуалэ политикэм а къалэнхэр зэщIыгъуу дигъэкIын хуейщ. Хэхауэ егугъупхъэщ дэтхэнэ зы щIалэри зыхэт гупым хэгъэзэгъэным, абы и къарумрэ зэфIэкIымрэ тэмэму унэтIыным. Мыбдеж дэ зэпыбгъэщхьэхукI мыхъун къалэну тIу къыщытпэщытщ. Япэ къалэным ипкъ иткIэ дэ щIалэгъуалэм я зэфIэкIхэр къагъэсэбэпынымкIэ Iэмалхэр къызэдгъэпэщын хуейщ, мыдрейуэ, апхуэдэ Iэмалхэр езы щIалэгъуалэм я дежкIэ гъэщIэгъуэну икIи къезэгъыу щытыпхъэщ. А IуэхуитIри ди республикэм зэрыщыдагъэкIыр нэгъэсауэ тэмэму пхужыIэнукъым, абы къыхэкIыу Правительствэм, зыхуэфащэ министерствэхэмрэ ведомствэхэмрэ, граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм я къалэнхэм зэпымыууэ я нэIэ трагъэтыпхъэщ.
ПщIэ зыхуэсщI депутатхэ! ИщхьэкIэ къыщызгъэлъэгъуа гугъуехьхэр пхудэгъэкIынукъым властым и орган псори зэщIэгъэуIуауэ икIи тэмэму мылажьэмэ. Республикэм и къэрал властым и органхэм яку дэлъ зэпыщIэныгъэхэмрэ ахэр зэрызэдэлажьэмрэ зэкIэ мыIейуэ жыпIэ хъунущ.
Дызэрыт илъэсым республикэм и парламентаризмэр илъэс 75-рэ, КъБР-м и иджырей Парламентыр илъэс 20 ирокъу. Властым законхэр къыдэзыгъэкI и орган нэхъыщхьэм лэжьыгъэшхуэ иригъэкIуэкIащ республикэм адэкIи зиужьыным, цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным, жылагъуэ зэпIэзэрытыныгъэр хъумэным хуэунэтIауэ щIыналъэ законодательствэр гъэтэмэмынымкIэ. А псоми къадэкIуэу дэ парламентархэм дащыгугъ хъунущ щIыналъэ инвестицэ законодательствэр егъэфIэкIуэным нэхъ жыджэру елэжьыну, езыхэм къабгъэдэхуэ къэпщытакIуэ къалэнхэр нэхъ нэсу ягъэзэщIэну.
Куэд щIакъым дэ республикэм и ПравительствэщIэ къызэрызэдгъэпэщрэ. Сэ а Правительствэм хуэзгъэуващ 2015 гъэм нэсыху зэлэжьыну Iуэху пыухыкIахэмрэ къалэнхэмрэ. Ахэр гъэзэщIа зэрыхъум сэ зэпымыууэ ткIийуэ сыкIэлъыплъынущ.
Сыт щыгъуи хуэдэу, япэ игъэщыпхъэ Iуэхухэм ящыщу къонэ щIыпIэ унафэр зезыгъакIуэ IэнатIэм и мыхьэнэр къэIэтыныр. Иужьрей илъэсхэм куэд зэфIэгъэкIа хъуащ муниципальнэ реформэр дэгъэкIыным и лъэныкъуэкIэ. Ауэ абы къыдэкIуэу жыIэн хуейщ: щIыпIэ унафэр зезыгъакIуэ органхэм я лэжьэкIэм и фIагъыр гъэ къэс къызэралъытэм кърикIуэхэр щыхьэт тохъуэ цIыхухэм хуащIэ муниципальнэ Iуэхутхьэбзэхэм я фIагъыр къэIэтыным муниципальнэ властхэм гулъытэ нэхъыбэ хуащIын зэрыхуейм.
УнафэщI IэнатIэхэм я лэжьэкIэм хагъэхьэн хуейщ абы кърикIуэ фIагъыр къэIэтынри. Апхуэдэ къалэнхэр щыубзыхуащ Урысей Федерацэм и Президентым 2012 гъэм и накъыгъэ мазэм къыдигъэкIа указхэм. Ахэр зэрагъэзащIэ щIыкIэм, апхуэдэу и пIалъэм къриубыдэу, нэгъэсауэ зэрызэфIагъэкIым елъытауэ щытынущ республикэм и Iэтащхьэм и деж щегъэжьауэ унафэщI псоми, бюджет IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэри хэту, я лэжьэкIэр къызэралъытэнур. СыныволъэIу ар зыми зыщывмыгъэгъупщэну, нэхъыщхьэр аращи, лэжьыгъэм и фIагъыр къэфIэтыну.
Тэмэму зызыужь къэралыр цIыхумрэ жылагъуэмрэ яхуэлажьэ къэралырщ. ЗэкIэлъыкIуэу икIи егугъуу пхыгъэкIын хуейщ коррупцэм пэщIэтынымкIэ, абы и Iэужьхэр экономикэмрэ социальнэ IэнатIэмрэ къыщымыгъэхъунымкIэ Iуэхухэр. Ауэ гъащIэм къызэригъэлъагъуэмкIэ, зи къулыкъур фейдэ хэкIыпIэ зыщI, езым къегъэщIылIа хьэрычэт IэнатIэхэм хабзэм къемызэгъыу яхудэзычых къулыкъущIэ щхьэхуэхэр иджыри щыIэщ. Апхуэдэ цIыхухэм властым и IэнатIэхэм щащIэн щыIэкъым.
Иужьрей илъэсхэм зэхъуэкIыныгъэ нэрылъагъухэр къыщохъу хъыбарегъащIэ IэнатIэм. Куэд щIауэ къыддекIуэкI газетхэмрэ журналхэмрэ я ныкъуэкъуэгъу лъэщ икIи жылагъуэ зэфIэкI зиIэ къару хъуащ электрон хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмрэ социальнэ сетхэмрэ. Дэ псоми зедгъэсэн хуейщ апхуэдэ лъэхъэнэщIэм дызэрылэжьэнум. Иджыпсту социальнэ жэуаплыныгъэ хэха къабгъэдохуэ цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмрэ журналистхэмрэ. ХъыбарегъащIэ IэнатIэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэр зэлъытар ахэр я IэщIагъэм зэрыбгъэдыхьэ щIыкIэмрэ я граждан зэхэщIыкIымрэщ. Республикэм и жылагъуэ-политикэ зыужьыныгъэр куэдкIэ елъытащ къэралым щекIуэкI политикэ зэхъуэкIыныгъэхэм. Политикэ партхэм я бжыгъэм, ахэр жылагъуэ гъащIэм зэрыхэтым хэхъуэ зэпытщ. Демократие Iуэхухэм я мыхьэнэм, абыхэм цIыхухэр зэрыхэтым зеубгъу. ИпэжыпIэкIэ къапщтэмэ, политикэ щытыкIэщIэ зэтоувэ. А псоми щIагъэхуэбжьэн хуейщ политикэ къарухэр, къэрал властым и органхэмрэ щIыпIэ унафэр зезыгъакIуэ органхэмрэ, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм, цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэм я лэжьыгъэр. ФIэкIыпIэ зимыIэ Iуэхущ жылагъуэ мыхьэнэшхуэ зиIэ къалэн псори зэрыдагъэкIыр республикэм щыпсэухэм я сэбэп зыхэлъхэм тещIыхьыныр. Жылагъуэм къыщыхъу зэхъуэкIыныгъэхэм нэхъ псынщIэу гу лъытэн, жэрдэм хэхахэр тегушхуауэ къэIэтын, цIыху гуп зэмылIэжьыгъуэхэм тэмэму епсэлъэн хуейщ.
Политикэ зэхъуэкIыныгъэхэм къадокIуэ граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм я мыхьэнэр нэхъ ин зэрыхъур, абыхэм я лэжьыгъэр нэхъ купщIафIэу зэрызэтеувэр. КуэдкIэ ущыгугъ хъунущ жылагъуэ Iуэхухэр нэхъыщхьэу зэблэзыгъэкI центрхэм — Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Жылагъуэ палатэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж щыIэ Жылагъуэ советымрэ — я мыхьэнэм зэрыхэхъуэм. Республикэм зегъэужьыным пыщIа Iуэхухэр дэгъэкIыным цIыхухэр къызэрыхашэ щIыкIэр ефIэкIуэн папщIэ нэхъ жыджэру щIэгъэкъуэн къэщIыпхъэщ иужьрей зэманым ведомствэхэмрэ щIыналъэхэмрэ къыщызэрагъэпэща жылагъуэ советхэр, апхуэдэу социальнэ мыхьэнэ зиIэ проектхэр зэрыдаIыгъ грант Iэмалхэр.
Урысей Федерацэм и Президентым и Указым тету, дэ зэфIэдгъэкIын хуейщ социальнэ Iуэхухэм телажьэ организацэхэм ират къэрал дэIэпыкъуныгъэм хэгъэхъуэнымкIэ зыхуэфащэ Iуэхухэр. Апхуэдэ къэрал дэIэпыкъуныгъэм Iэмал къитынущ социальнэ IэнатIэм кризисым и зэранкIэ къыщыкъуэкIа гугъуехьхэр дэгъэкIынымкIэ, апхуэдэу щIалэгъуалэр радикальнэ, экстремист Iуэху бгъэдыхьэкIэхэм щыхъумэнымкIэ.
Республикэм и Парламентымрэ Правительствэмрэ, щIыпIэ унафэр зезыгъакIуэ органхэм, хабзэхъумэ, къарузехьэ IэнатIэхэм я къалэн нэхъыщхьэ дыдэу щытащ, апхуэдэуи къонэ социально-политикэ зэпIэзэрытыныгъэр, хабзэр, жылагъуэ шынагъуэншагъэр гъэбыдэныр.
Зэрыщыту къапщтэмэ, нэгъабэ республикэм щыIэ оперативнэ щытыкIэр зэIымыхьэу зэтраIыгъэфащ. Апхуэдэу щыт пэтми, криминоген щытыкIэр иджыри ткIийщ. Хабзэншагъэхэр нэхъыбэ хъуащ, абыхэм ящыщу, япэхэми хуэдэу, нэхъыбэр мылъкум ехьэлIа хабзэншагъэхэрщ, абыхэм я зэхуэдитIым щIегъу хамэ мылъку къэдыгъуным пыщIахэр. Уголовнэ хабзэншагъэхэм ящыщу сэтей къащIхэр иджыри мащIэщ.
Хэхауэ уегъэпIейтей IэщэкIэ зэщIэузэда дин-экстремист щэхурылажьэ гупхэм зэребэныр зэремыфIэкIуам. Япэхэми хуэдэу, цIыхухэр яукI, хабзэхъумэ органхэм я лэжьакIуэ куэд хокIуадэ. Псом хуэмыдэжу уегъэгузавэ республикэм щыщ щIалэщIэхэр экстремистхэм иджыри зэрызыхашэм.
Дызэрыт илъэсым IэщэкIэ зэщIэузэда щэхурылажьэ щIэпхъаджащIэ гупхэм зэребэным зыкъыдигъэзэн хуейщ. Сочэ къалэм щекIуэкIыну Олимпиадэр къызэIуахыным мазэ бжыгъэ иIэжу аращ. Къэнэжа зэманым, апхуэдэу зэхьэзэхуэр щекIуэкIыну лъэхъэнэм дэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэм къыщыдгъэхъу хъунукъым Олимпиадэр зэхэзыша къэралу щыт Урысей Федерацэм и пщIэр зыгъэлъэхъшэн зы щIэпхъаджагъэ хэхаи. Ар ди дежкIэ щIыхь зыпылъ къалэнщ.
Абы и лъэныкъуэкIэ дэ къарум и закъуэ дыщыгугъ хъунукъым. ЩIалэгъуалэр экстремизмэм и мурадхэм дедмыгъэхьэхын папщIэ дэ лэжьыгъэм и теплъэ, Iэмал псори къэдгъэсэбэпын хуейщ. Мыхьэнэ хэха зиIэ къалэн щхьэхуэщ экстремизмэм и идеологием пэщIэтынымкIэ щIэныгъэр зи лъабжьэ комплекс системэ зэтегъэувэныр. Псори дызэгъусэу тегушхуауэ дыпэщIэувэн хуейщ дин экстремистхэмрэ террористхэмрэ я щэхурылажьэ щIэпхъаджащIэхэм щIалэхэр зэрызыхашэм.
А мурадхэр гъэзэщIа хъун папщIэ республикэм и Iэтащхьэм и Администрацэм хузогъэув, информацэм и Iэмалхэр къагъэсэбэпурэ, экстремизмэм ебэнынымкIэ лэжьыгъэр икIэщIыпIэкIэ егъэфIэкIуэным хуэгъэза къызэгъэпэщыныгъэ Iуэхухэр Парламентым, Правительствэм, щIыпIэ унафэр зезыгъакIуэ органхэм ящIыгъуу икIэщIыпIэкIэ зэхилъхьэну.
Нобэ властымрэ хабзэхъумэ IэнатIэхэмрэ яхурикъун къару яIэщ республикэм щыщыIэ щытыкIэр ирагъэфIэкIуэн папщIэ. А къарур нэгъэсауэ икIи тэмэму къэгъэсэбэпын хуейщ цIыхум, жылагъуэм шынагъуэ къатемыгъэхьэным, ди цIыхубэр мамыру, лажьэрэ шхэжу псэунымкIэ Iэмал тэмэмхэр зэтегъэувэным хуэунэтIауэ.
ПщIэ зыхуэсщI депутатхэ, къытхуеблэгъа ди хьэщIэхэ!
Апхуэдэщ дызыхэт лъэхъэнэм ди мурадхэмрэ къытпэщыт къалэнхэмрэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и зыужьыныгъэм и лъэхъэнэщIэм — экономикэ, социальнэ хабзэмрэ жылагъуэ псэукIэ тэмэм зэтегъэувэнымрэ я лъэхъэнэу республикэм исхэм я зэIузэпэщ псэукIэр, ефIэкIуэныгъэр къызэзыгъэпэщыфынум — дыхуокIуэ.
Зыхуэдгъэувыж къалэнхэм дапэлъэщыну къызолъытэ. Дэ ахэр гъэзэщIэн зэрыхуей щIыкIэм дыщыгъуазэщ икIи ехъулIэныгъэ дызэриIэнур ди фIэщ мэхъу. Ауэ абы къыдэкIуэу нэгъэсауэ къыдгуроIуэ ди мурад инхэр дгъэзэщIэн папщIэ ди цIыхухэм я зэфIэкI мыухыжыр нэсу щIэгъэкъуэн къэщIын зэрыхуейр. Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыху щэджащэ КIыщокъуэ Алим иужь дыдэу ита интервьюхэм ящыщ зым щыжиIауэ щытащ: «Си лъахэгъухэр зэхъуэкIыныгъэфIхэм пэплъэу лъэныкъуэкIэ щымыту, гъащIэр нэхъыфI хъун папщIэ езыхэм яхузэфIэкI псори ялэжьыну си гуапэщ». Ди тхакIуэ, усакIуэ гъуэзэджэм къытхуигъэна апхуэдэ уэсятыр дэ псоми ди тегушхуэныгъэмрэ едгъэкIуэкIыну лэжьыгъэщIэмрэ я къежьапIэу увын хуейщ. Псори къыхузоджэ зэгурыIуэу, зы гуп зэкъуэту, я зэфIэкI халъхьэу зэдэлэжьэну икIи Iуэхухэр дагъэкIыну.
Дэ ди Iуэху зехьэкIэр жэуаплыныгъэм, лъэныкъуэ псори зэпэлъытыным тещIыхьауэ, экономикэм, республикэм ис дэтхэнэми папщIэ сэбэпынагъ къыпэкIуэу щытын хуейщ. Апхуэдэу фIэкIа пхуэгъэзэщIэнукъым зыхуэдгъэувыжа къалэнхэр, апхуэдэущ зэрыпхуэгъэпэжынур Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэм я дзыхьыр.
ФIыщIэ фхузощI гулъытэ фхэлъу фыкъызэрызэдэIуам папщIэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "27160.txt"
} |
Нобэ
ЩIалэгъуалэм я зэкъуэтыныгъэм и дунейпсо махуэщ
Административнэ лэжьакIуэхэм я махуэщ
Мэлыжьыхьым и 24 — 30-хэм иммунизацэм и дунейпсо тхьэмахуэ ирагъэкIуэкI. Узыншагъэр хъумэнымкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэм и нэIэм щIэту а тхьэмахуэм къызэрагъэпэщ узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэм цIыхухэр ящызыхъумэ мастэхэр яхэлъхьэныр.
КъБР-ми Ингуш Республикэми щIыхь зиIэ я артисткэ Даур Иринэ къыщалъхуа махуэщ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градуси 7 — 9, жэщым градуси 5 — 8 щыхъунущ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "27165.txt"
} |
Дунейпсо чемпионхэр кърагъэблэгъэж
Москва дэт «Динамо» спорт уардэунэм IэпщэрыбанэмкIэ етIуанэ дунейпсо чемпионат щекIуэкIащ. Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам хэту КъБР-м и щIыхьыр абы щахъумащ Мырзэкъан Азэмэт (кг 90-м щIигъу), Беслъэней Нурмухьэмэд (кг 75-м нэблагъэ), Мусукаев Анзор (кг 80) сымэ. Ахэр я гъэсэнщ тренерхэу Мамхэгъхэ Iэдэмрэ Хьэчимрэ, Шаваев Хьэнапи. Чемпионатыр IэпщэрыбанэмкIэ дунейпсо федерацэмрэ урысейпсо федерацэмрэ я жэрдэмкIэ зэхаублащ. ЩIэгъэкъуэн хъуащ Москва СпортымкIэ и комитетыр, Урысей Федерацэм Спортымрэ туризмэмкIэ, ЩIалэгъуалэ политикэмкIэ и министерствэхэр.
Къэрал 42-м я спортсменхэр зыхэта зэхьэзэхуэм Мырзэкъан Азэмэтрэ Беслъэней Нурмухьэмэдрэ чемпион щыхъуащ. Мусукаев Анзор жэз медалыр къихьащ.
Республикэм и пщIэр зыIэта спортсменхэр Налшык аэропортым гуапэу къыщрагъэблэгъэжащ ди республикэм спортымрэ туризмэмкIэ и министерствэм и лэжьакIуэхэм, цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин, щIалэхэм я адэ-анэхэм, ныбжьэгъухэм.
— Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу дэтхэнэми къыбгъэдэкIыу фIыщIэ ин фхузощI. Фи ехъулIэныгъэр республикэм и дежкIэ лъапIэщ. Iэпщэрыбанэ спорт лIэужьыгъуэм ди лъахэм хъарзынэу зыщиужьащ. АдэкIи ехъулIэныгъэ куэд фиIэну, КъБР-м спортым и пщIэр нэхъри щыфIэтыну си гуапэщ, — текIуахэм псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ Къумахуэ Мухьэдин.
— Зэхьэзэхуэр, дауи, гугъуащ, псом хуэмыдэу, абы и пэщIэдзэр. Ауэ текIуэныгъэт сызыхущIэкъуари, а гупсысэм гушхуэныгъэ къысхилъхьэурэ зэIущIэхэр езгъэкIуэкIащ, — яжриIащ Беслъэней Нурмухьэмэд къезыгъэблэгъэжахэм.
Чемпионат гугъум ерыщу зыхуэзыгъэхьэзыра Мырзэкъан Азэмэт абы дыщIигъуащ:
— Зэпеуэр Iэтауэ екIуэкIащ. Абы кърихьэлIа спортсменхэр зэфIэкI лъагэ зиIэт. Сэ мазищ хъуауэ зыхуэзгъэхьэзырырт чемпионатым. Тыншкъым зыбгъэсэнри, утыку уихьэнри, арщхьэкIэ гугъуехьыр гурыфIыгъуэ ин къызыпыкIщ. Зэхьэзэхуэм щызыIэрызгъэхьа текIуэныгъэр сэркIэ лъапIэщ.
— Азэмэт и закъуэкъым чемпионатым зыхуэзыгъэхьэзырар, атIэ зэрыунагъуэу дыщIэбэнауэ жыпIэ хъунущ абы и текIуэныгъэм. ДыкъигъэщIэхъуакъыми, дыщогуфIыкI. ФIыщIэ ин яхузощI ар зэхьэзэхуэшхуэм кIуэнымкIэ сэбэп хъуахэм, и гъэсакIуэхэм,- жиIащ Мырзэкъаным и анэм.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменхэм зэфIэкI лъагэ, техникэфI, ерыщагъ дунейпсо зэпеуэм къызэрыщагъэлъэгъуар гухэхъуэщ. Гуапэщ Iэпщэрыбанэ спорт лIэужьыгъуэм ди республикэм зыужьыныгъэшхуэ зэрыщигъуэтари. Гурэ псэкIэ узыбгъэдыхьэ Iуэхум и мыхьэнэр лъагэ мэхъу. Аращ ди щIалэхэм текIуэныгъэ ин къыщIахьари.
Гугъуэт Заремэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "27168.txt"
} |
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал наградэхэр тыным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
и Iэтащхьэм и Указ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIыпIэ унафэр зезыгъакIуэ и IэнатIэм илъэс куэд хъуауэ хьэлэлу зэрыщылажьэм папщIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЩIыхь тхылъыр етын
Березнев Сергей Николай и къуэм — Май муниципальнэ щIыналъэм и унафэщIым и къуэдзэм
Джатэгъэжь Аслъэнбэч Алий и къуэм — Тэрч муниципальнэ щIыналъэм и унафэщIым и къуэдзэм
Таукенов Ильяс Далхат и къуэм — Лэскэн муниципальнэ щIыналъэм хыхьэ Ташлы-Тала жылагъуэм и унафэщIым и къуэдзэм,
цIэ лъапIэхэр яфIэщын:
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм цIыхухэм щIэныгъэ егъэгъуэтын и IэнатIэм щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэр
Нэгумэ Лейлэ Данил и пхъум — Дзэлыкъуэ муниципальнэ щIыналъэм щIыпIэ унафэр зезыгъакIуэ и IэнатIэм и «ЕгъэджэныгъэмкIэ управленэ» муниципальнэ кIэзонэ IуэхущIапIэм и унафэщIым,
Хьэщпакъ СулътIан Хьэбас и къуэм — Бахъсэн къалэ округым и щIыпIэ администрацэм и унафэщIым,
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIыхь зиIэ и экономист» цIэр
Къэзан Заур Нурхьэлий и къуэм — Бахъсэн муниципальнэ щIыналъэм и щIыпIэ администрацэм и унафэщIым экономикэмрэ финансхэмкIэ и къуэдзэм
Къуэкъуэжь Руслан Забий и къуэм — Аруан муниципальнэ щIыналъэм и щIыпIэ администрацэм и унафэщIым и къуэдзэм
Кучуковэ Мадинэ Фадир и пхъум — Налшык къалэ округым и щIыпIэ администрацэм и унафэщIым и къуэдзэм — финансхэмкIэ департаментым и унафэщIым
Пак Лорэ Иван и пхъум — «Прохладнэ муниципальнэ щIыналъэм и щIыпIэ администрацэм финансхэмкIэ и управленэ» муниципальнэ кIэзонэ IуэхущIапIэм и унафэщIым.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
и Iэтащхьэ КЪАНОКЪУЭ Арсен
Налшык къалэ,
2013 гъэм мэлыжьыхьым и 19-м
№59-УГ
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "27170.txt"
} |
Микроавтобус тыгъэ хуащI
2000 гъэм къалъхуа щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ дзюдомкIэ пашэныгъэ къэхьынымкIэ я зэхьэзэхуэ Тэрч къалэ щекIуэкIащ. Ар къызэрагъэпэщащ спортымкIэ мастер Хъыдзэдж Артур и фэеплъу. Зэпеуэм хэтащ я хьэлъагъкIэ 11-у зэщхьэщыкI спортсмен 99-рэ. Зэхьэзэхуэм кърихьэлIащ Бесланрэ Владикавказрэ я лIыкIуэхэри.
Турнирым и къызэгъэпэщакIуэщ КъБР-м Спортымрэ туризмэмкIэ и министерствэр, Тэрч муниципальнэ куейм и администрацэр, Тэрч районым дзюдомкIэ и федерацэр. Зэхьэзэхуэм и спонсор нэхъыщхьэр Хъыдзэдж Артур и унагъуэрщ.
Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта зэхьэзэхуэхэм текIуэныгъэ къыщахьащ ХъутIэ Мухьэмэд, Мамэ Жантемыр, Мэкъуауэ Алимбэч, Тхьэгъэпсо Альберт, Атакуев Залым, Галдиев Рахман, Гафаров Амир, КIыщ Алим, Эльбашев Давид, Ало Олег, Хардашевэ Аидэ сымэ.
ЕхъулIэныгъэ зыIэрызыгъэхьахэм медалхэр, щIыхь тхылъхэр, кубокхэр, Хъыдзэджым и унагъуэм иубзыхуа ахъшэ саугъэтхэр, тыгъэ лъапIэхэр хуагъэфэщащ.
Спонсорхэм Тэрч куейм и дзюдоист ныбжьыщIэхэм микроавтобус тыгъэ хуащIащ. Иджы ныбжьыщIэхэм КИФЩI-м хиубыдэ зэхьэзэхуэхэр щекIуэкI щIыпIэм езыхэм я транспорткIэ кIуэну Iэмал яIэщ.
Гъэунэ Светланэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "27174.txt"
} |
ДжэгукIэ ирашажьэ
Узыншагъэр хъумэным и дунейпсо махуэр Аруан районым и ныбжьыщIэхэм мы гъэми гукъинэжу ягъэлъэпIащ. Хабзэ зэрахуэхъуауэ, абы хуагъэхьэзыра спорт Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм щIыналъэ и еджапIэ псоми я командэ къыхэхахэр жыджэру хэтащ.
Зэпеуэхэр щызэхаублар Аруан къуажэм и курыт школым и стадионырщ. Абы и пэ къихуэу, екIуу ягъэщIэрэщIа я пщIантIэм пэкIу щызэхашэри, хьэщIэхэр щрагъэблэгъащ, джэгу дахэ щращIэкIащ, апхуэдэу зэхьэзэхуэр зэрекIуэкIыну щIыкIэр щагъэбелджылащ.
ЕджапIэм и унафэщIым гъэсэныгъэ лэжьыгъэмкIэ и къуэдзэ Щауэ Маринэ зэIущIэр къызэIуихри, къызэгъэпэщакIуэхэм фIыщIэ яхуищIащ, Узыншагъэр хъумэным и дунейпсо махуэм и мыгъэрей зи чэзу спорт зэпеуэм хэтыну къахуэкIуа ныбжьыщIэхэм зэфIэкI къагъэлъэгъуэну, ехъулIэныгъэ яIэну ехъуэхъуащ, текIуэныгъэм хущIэкъунхэу къыхуриджащ.
Мыпхуэдэ зэхыхьэхэм, зэхьэзэхуэхэм я мыхьэнэр, абыхэм гупсысэ къабзэхэр къызэрагъэушыр, гуапагъэрэ гугъапIэ лъапIэхэмрэ къызэрагъэщIыр ягу къагъэкIыжу школакIуэхэм зыхуагъэзащ Аруан муниципальнэ районым егъэджэныгъэмкIэ, физическэ щэнхабзэмрэ спортымкIэ и IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэу Жэмыхъуэ Сражудин, КIурашын Владимир, Къэбэрдей-Балъкъэрым спортымрэ туризмэмкIэ и министерствэм и къудамэм и нэхъыжь Анаев Аслъэн, «Урысей зэкъуэт» партым и щIыпIэ къудамэм и унафэщI Бэрэгъун Арсен, къуажэ администрацэм и Iэтащхьэ Къардэн Вячеслав сымэ. Абыхэм ныбжьыщIэхэм хуаIуэтащ Узыншагъэр хъумэным и дунейпсо махуэр 1950 гъэ лъандэрэ зэрагъэлъапIэр, абы теухуа Iуэхугъуэ щхьэпэхэр зэщхьэщыхауэ ди республикэм зэрыщагъэзащIэр, ахэр спортым быдэу пыщIауэ къызэрызэрагъэпэщыр. Анаев Аслъэн зэрыжиIамкIэ, физкультурэмрэ спортымрэ дихьэххэм я бжыгъэм хохъуэ. Мы зэманым республикэм щыпсэухэм я процент 15-м щIигъур а Iуэхум хуэжыджэрщ. Къапщтэмэ, Налшык щызэхэта «Кавказ Джэгухэр» фестивалым Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэхэм зэфIэкIышхуэ къыщагъэлъэгъуащ, школакIуэу 56-рэ, еджапIэ нэхъыщхьэхэм я студенту 25-рэ зыхэта ди командэм бжьыпэр иубыдащ.
Куейм и еджапIэ 19-м къикIа командэхэм дэтхэнэми ныбжьыщIэ 20 хэтти, зэраубзыхуам тету, щызэпеуэну спорт лIэужьыгъуэ елъытауэ ягуэшри, зэхьэзэхуэм щIадзащ. Гъатхэ махуэ уэфI дахэти, я зэфIэкIыр къагъэлъэгъуэну псоми Iэмал хъарзынэ яIэт.
Аруан къуажэ курыт школым физкультурэмкIэ щезыгъаджэхэм я методикэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Къардэн Беслъэн къызэригъэлъэгъуамкIэ, судьяхэр спортым и щэхухэм фIыуэ хэзыщIыкI защIэти, хьэрэмыгъи нэфI-неи къыхагъэкIакъым, пэжу, арэзы укъищIу зэхьэзэхуэр ирагъэкIуэкIащ.
— Узыншагъэр хъумэным и дунейпсо махуэм ирихьэлIэу мыпхуэдэ зэпеуэхэр куейм и еджапIэхэм илъэс къэс къыщызыдогъэпэщ. Нэгъабэ Шэрэдж Ищхъэрэ къуажэм щедгъэкIуэкIащ, мы гъэм чэзур дэ къытлъысащ. КъБР-м Спортымрэ туризмэмкIэ и министерствэмрэ район администрацэмрэ ди жэрдэмыр я гуапэу къыддаIыгъ, зэрыхъукIэ, зыкъытщIагъакъуэ. Къыхэзгъэщыну сыхуейт курыт школхэм физкультурэмкIэ щезыгъаджэхэр мы Iуэхум жэуаплыныгъэ ин хэлъу зэрыбгъэдыхьэр, зэуIуу, зэрыщIэу зэрызэдэлажьэр. Дапщэщи хуэдэу, нобэрей зэпеуэхэр къызэгъэпэщыным егугъуащ Шэрэдж Ищхъэрэ курыт школым и унафэщI, физкультурэмкIэ егъэджакIуэ, КъБР-м физическэ щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къуэжьокъуэ Хъусен, Чернэ Речкэм и еджапIэм, Старэ Шэрэджрэ Псыгуэнсурэ я етIуанэ, Нарткъалэ и етхуанэ школхэм, Аруан къуажэ курыт еджапIэм щыщхэу Урыс Леонид, Къамбий Арик, Щхьэгуэш Зитэ, Вэрокъуэ Вячеслав, Бахъуэ Башир, Нэгъуей Валерэ, Шорэн СулътIан, Бэвокъуэ Ислъам, шабзауэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэмрэ я чемпион ШкIахъуэ Жыраслъэн сымэ, нэгъуэщIхэри. Псоми категорие нэхъыщхьэ яIэщ, — къыджеIэ Къардэн Беслъэн. — Зы илъэси къэмынэу ди школым спорт зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэхэр щыдогъэкIуэкI. Абы папщIэ дызыхуейхэмкIэ дызэхурокъу. Дэ диIэщ спорт пэшышхуэу тIу, теннис, футбол, волейбол, баскетбол джэгупIэхэр, зыщагъасэ пэш щхьэхуэ. Нэхъыщхьэр сабийхэр узыншэу, къарууфIэу, псыхьауэ къэгъэхъунращи, ди лэжьыгъэр абы худоунэтI. ЕджапIэм и унафэщI Шорэн Фусэ хъарзынэу къыддоIэпыкъу, спорт IэмэпсымэхэмкIэ дыкъызэрегъэпэщ. Абы и лъэныкъуэкIэ гуныкъуэгъуэ диIэкъым.
Шэджагъуэ нэужьым зэпеуэхэм къарикIуахэр зэхалъхьэжащ. Мини-футболым Нарткъалэ и курыт еджапIэ №1-р щытекIуащ. Старэ Шэрэджым и школ №1-мрэ Аруан къуажэм и еджапIэмрэ етIуанэ, ещанэ увыпIэхэр зэдагуэшащ. ВолейболымкIэ зэхьэзэхуэм Къэхъун къикIа ныбжьыщIэхэм бжьыпэр щаубыдащ, псыкуэд дэсхэр етIуанэ, Нарткъалэ и еджапIэ №2-р ещанэ хъуахэщ. Топ цIыкIур дзынымкIэ зэпеуахэм Псыгуэнсу щыщ хъыджэбз цIыкIухэр къахэжаныкIащ, щIалэ цIыкIухэм я деж хэгъэрейхэр щатекIуащ. КIапсэкIэ зэпекъуахэм Аруан курыт еджапIэм и командэм къыпэхъун къахэкIакъым. Старэ Шэрэджым и школ №1-м щыщхэм — етIуанэ, Чернэ Речкэ къикIахэм ещанэ увыпIэхэр къахьащ. Эстафетэмрэ лъакъуэрыгъажэ зэпеуэмрэ бысымхэмрэ Псыгуэнсу къуажэм и курыт еджапIэ №2-м и командэмрэ щытекIуащ. Турникым зыкъихынымкIэ Нарткъалэ дэт еджапIэ №4 -м щыщхэм бжьыпэр яубыдащ.
ИужькIэ, Аруан районым егъэджэныгъэмкIэ и IуэхущIапIэм и методист Сыченкэ Александр, къызэхуэсахэм я Iэгуауэм щIэту, щIыхь тхылъхэмрэ саугъэтхэмрэ текIуахэм яритыжащ. Кубок зэIэпахыр Аруан къуажэ курыт школым хуагъэфэщащ.
Хьэжыкъарэ Алик.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "27176.txt"
} |
Михалков Арыкъ щохьэщIэ
Арыкъ къуажэм дэт библиотекэм щекIуэкIащ сабий тхакIуэ цIэрыIуэ Михалков Сергей къызэралъхурэ илъэси 100 щрикъум теухуа зэIущIэ.
Михалковым и Iэдакъэ къыщIэкIа тхыгъэ цIэрыIуэхэм щIэблэ куэд щIапIыкIащ. Иджыпстуи «Дядя Степэ милиционерщ», «ЛIыжьым и жэмыр зэрищар», «Африкэм щыжьэражьэщ», «Трамвай №10-р кIуэрт» зыфIища усэхэм ящыщ пычыгъуэ нэхъ мыхъуми гукIэ зымыщIэж ди нэхъыжьхэми яхэту къыщIэкIынкъым.
ТхакIуэм теухуауэ къызэрагъэпэща викторинэр «упщIэ — жэуап» мардэм тету екIуэкIащ. Тхылъ еджэным дихьэх цIыкIухэм гъэхуауэ жэуап иратащ Михалков Сергей и гъащIэ гъуэгуанэм, и усэхэмрэ поэмэхэмрэ ятеухуауэ зэхалъхьа упщIэхэм.
ЗэIущIэм и кIэухыу тхакIуэм и IэдакъэщIэкIхэм хэт лIыхъужьхэр, абыхэм къыщыхьа теплъэгъуэхэр сурэту щIынымкIэ зэпеуахэщ.
ЖАНХЪУЭТ Зузэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "27178.txt"
} |
Лъагъуныгъэ хуэныкъуэхэр
Бахъсэн районым хыхьэ Крем-Константиновкэ къуажэм дэт унэ-интернатым иджыблагъэ щыIащ Къалэн куэд зыгъэзащIэ Къэбэрдей-Балъкъэр щIалэгъуалэ центрым, «Урысей зэкъуэтым и щIэблэ» жылагъуэ зэгухьэныгъэм я лIыкIуэхэр, волонтерхэр.
«Дэтхэнэ сабийми зыхуей хуэзэу зиужьын папщIэ апхуэдэ зэIущIэхэм, лъагъуныгъэм, гуапагъэм хуэныкъуэщ. Интернатхэм щыпсэу цIыкIухэр къапщтэмэ, тIуащIэу гулъытэ яхуэщIыпхъэщ, цIыхум и хуабагъыр ялъэгъэIэсыпхъэщ», — жеIэ «Урысей зэкъуэтым и щIэблэ» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и Iэтащхьэ Назрэн Беслъэн.
…А махуэр икъукIэ гукъинэжу, нэгузыужьу екIуэкIащ сабийхэм я дежкIэ. Яхуеблэгъа хьэщIэхэм, цIыкIухэр я ныбжь елъытакIэ гупищу ягуэшри, къагъэфащ, сурэт щIыным хуагъэсащ, я акъылым и жанагъкIэ зэпрагъэуащ. «Волонтер — 07» республикэ зэщIэхъееныгъэм и унафэщI Ульбашевэ Джамили ныбжьыщIэхэм къахуигупсысар хуабжьу гъэщIэгъуэн ящыхъуащ. ТхылъымпIэ напэ хужь зырызым цIыкIухэм я Iэ лъэныкъуэр тралъхьэурэ къатхъыхьырти, абы и Iэпитхум сабийм и хьэлхэр псалъэ зырызурэ адрейхэм хутратхэрт. Абы ныбжьыщIэхэр нэхъ набдзэгубдзаплъэу зэхущытыным, я зэхуаку зэхэщIыкIрэ лъагъуныгъэрэ дэлъыным хуигъасэрт.
ХьэщIэхэмрэ бысымхэмрэ зэгъусэу зэдагъэкIуа махуэм нэрылъагъу щыхъуащ унэ-интернатым сабий зэчиифIэ куэд зэрыщIэсыр. Хэти куэдкIэ узыщызыгъэгугъ спортсменщ, хэти къэкIуэнум мурадышхуэхэр хузиIэ сабий губзыгъэщ. НыбжьыщIэхэр гъащIэм къыщыхахыну IэщIагъэм щытепсэлъыхьым здынэмыса щыIэжкъым: хэти пщафIэ, хэти артист, уеблэмэ дохутыр, юрист IэщIагъэ гугъуитIым зэгъусэу хуеджэну зи мурадхэри яхэтт. КIэщIу жыпIэмэ, Крем-Константиновкэ дэт унэ-интернатым щапI сабийхэр гъащIэм къащыпэплъэ гугъуехьхэм хуэхьэзырщ, я мурадхэр зэрызрагъэхъулIэнум хуопабгъэ.
Дохъушокъуэ Синэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "27181.txt"
} |
Зыщывмыгъэгъупщэ
Ди бзылъхугъэ гуейхэ,
Губгъуэм щылэжьахэ,
Хэку зауэшхуэ иным химыгъэщIэфа.
Зи бгыр щIэкъузауэ
ЦIыкIухэр дызыпIахэр,
Зауэми Iухьахэм псэ яхуэхъуфа.
Фымыгъуэтт псэхупIэ тыншу
сыхьэт ныкъуэ,
Дыгъэр къыщIэмыкIыу губгъуэм
фынэсыфт.
КъывгурыIуэт хэти дэ дызыхуэныкъуэр,
ПхъэIэщэкIыр фIыгъыу жэмхэм фривэфт.
Тщыгъупщакъым хэти фэ фи нэгу
щIэкIахэр,
Фи щIалэгъуэ дахэр гъатхэ уэсу ткIуаи.
ФIыуэ флъагъу щхьэгъусэу зауэм
IукIуэдахэм
ФаIумыщIэжыфу щхьэкIуэ тхылъ
къэкIуаи.
Сыт хуэдиз гукъеуэ фи гум
дэвгъэхуахэр,
Сыт хуэдиз бэлыхьи фи псэм ишэча.
Къремыхъу зэгуэрым фэ фи нэгу
щIэкIахэр,
Сэ фэрауэ собжыр псори зылъэкIар.
Щрырет мамыру уафэ къащхъуэ
лъагэр.
ИрегуфIэ щIэблэр махуэ къэсыхун,
Къэзымыгъэзэжауэ зауэм IукIуэдахэр
Зыщывмыгъэгъупщэ хэти псэухун.
Тут Михаил,
КъШР-м и цIыхубэ усакIуэ.
Къэрэшей-Шэрджэс, Хьэбэз къуажэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "27186.txt"
} |
Бырхьэмым и гупыр премьер-лигэм догъакIуэ
«Спартак-Налшык» (Налшык) — «Ротор» (Волгоград) — 1:1 (1:0). Налшык. «Спартак» стадион. Мэлыжьыхьым и 23-м. ЦIыху 1500-рэ еплъащ.
Судьяхэр: Рушаков (Архангельск), Беликов (Брянск), Крохин (Калининград).
«Спартак-Налшык»: Коченков, Засеев, Джудович (Овсиенкэ, 67), Тимошин, Багаев, Чеботару, Коронов, Концедалов, Гуэщокъуэ, Буйтрагэ (Руа Карлос, 60), Медведев.
«Ротор»: Пчелинцев, Глушков, Олеников (Алейник, 46), Малыгин, Зинин, Гузь, Ваганов (Коротаев, 50), Фомин, Кабутов (Арлашин, 78), Рылов (Ставпец, 62), Аппаев.
Топхэр дагъэкIащ: Буйтрагэ, 7 (1:0). Малыгиным, 89 (1:1).
Дагъуэ хуащIащ Алейник.
«Спартак-Налшыкым» хэту мы гъэм япэу къыхэжаныкIащ Буйтрагэ Даниель (№10). «Спартак-Налшыкым» вэсэпшыхь къригъэблэгъат къэралым тIэунейрэ и вице-чемпион, Урысей Федерацэмрэ Интертотомрэ я кубокхэм я финалым щыджэгуа, Таиландым и пащтыхьым и кубокыр къэзыхьа Волгоград и «Ротор»-р. Пэжщ, а ехъулIэныгъэхэр ди хьэщIэхэм щаIар илъэс 15 — 20 и пэкIэщ, ауэ абы щхьэкIэ къэмынэу, ар пщIэ лей зыхуозыгъэщI Iуэхугъуэщ. А псом ищIыIужкIэ, волгограддэсхэм яхэту сыт щыгъуи джэгуащ Урысей Федерацэм и чемпионатхэм топ нэхъыбэ дыдэ щыдэзыгъэкIа Веретенников Олег — ар иджыпсту а командэм и тренерхэм ящыщ зыщ.
Хьэрхуэрэгъу цIэрыIуэм налшыкдэсхэр зыкIи къапикIуэтакъым. Абыхэм фIы дыдэу ящIэрт езыхэр иджыпстукIэ зэрынэхъ лъэщыр икIи япэ къекIуэкIыгъуэм Волгоград щыIэу хэгъэрейхэр 1:0-у хагъэщIат. КъищынэмыщIауэ, нобэкIэ «Спартак-Налшыкыр» премьер-лигэм игъэзэжыну ерыщу хущIокъу, «Ротор»-м мы гъэм апхуэдэ Iэмал зэримыIэжынур нэрылъагъущ.
А псори я напщIэ щIэлъу вэсэпшыхьрей зэIущIэм къыщIидзащ. Ди щIалэхэр хущIэкъуащ я тепщэныгъэр псынщIэ дыдэу наIуэ ящIыну икIи ар хъарзынэу къайхъулIащ. «Спартак-Налшыкым» къызэрыщIидза ебгъэрыкIуэныгъэ лъэщхэм «Ротор»-р пэлъэщакъым икIи ебланэ дакъикъэм Буйтрагэ Даниел хэгъэрейхэр япэ иригъэщащ.
Апхуэдэ щIэдзэкIэм налшыкдэсхэр нэхъри тригъэгушхуащ. Абы щыгъуэми хьэщIэхэр пIалъэкIэ Iэнкун хъуащ.
Уэлбанэ кIыхьым джэгупIэ губгъуэр хьэлъэ ищIами, лъэныкъуитIри я къару еблэжыртэкъым. Зи Iуэхур нэхъ дэкIыр «Спартак-Налшыкырт». Япэ Iыхьэм абы топищ-плIы иджыри дигъэкIыфыну щытащ. АрщхьэкIэ Гуэщокъуэри, Буйтраги, Медведевми, Короновми я Iэмал гъуэзэджэхэр къахуэгъэсэбэпакъым. Псом хуэмыдэу ехъулIэныгъэм пэгъунэгъуащ Колумбием щыщ ди гъуащхьэхъумэ ныкъуэр — метритI-щыкIэ фIэкIа пэмыжыжьэу абы топыр гъуэм хуигъэзэфакъым.
Загъэпсэхуу къихьэжа иужькIэ, джэгум и теплъэм хэпщIыкIыу зихъуэжащ. Иджы ебгъэрыкIуэр хьэщIэхэрат. Ахэр апхуэдизкIэ ерыщти, налшыкдэсхэр япэ дакъикъэ пщыкIутхум я гъуэм къыIуагъэкIакъым. Псом хуэмыдэу ерыщт волгограддэсхэм яхэту къытпэщIэувэжа балъкъэр гъуащхьауэ щIалэщIэ Аппаев Хъызыр. Ар щIэх-щIэхыурэ ди гъуэм къебгъэрыкIуэрт. Апхуэдэ щытыкIэм «Спартак-Налшыкым» фIы зэрыщIимыхынур гурыIуэгъуэт. АрщхьэкIэ, хуэм-хуэмурэ ди щIалэхэм Iуэхур ягъэтэмэмыжащ икIи «Ротор»-м и ебгъэрыкIуэныгъэ къэс хуэфэщэн жэуап иратыж хъуащ.
Налшык къыщыхамыгъэщIэну волгограддэсхэм я гугъэхэр къыщыщIэрэщIэжар мы зэIущIэм щыуагъэншэу щыджэгу «Спартак-Налшыкым» и гъуащхьэхъумэ Iэзэ икIи гупым я пашэ Джудович Миодраг фэбжь игъуэту яхъуэжа нэужькIэщ. Абы и пIэкIэ къихьа Овсиенкэ Евгений бэнэныгъэ гуащIэм хуэмыхьэзыру къыщIэкIащ. Аращ зи зэраныр джэгум и иужьрей дакъикъэм «Ротор»-м топ къызэрытхудигъэкIар: угловой къыщыхэтам ар и хьэрхуэрэгъум пэлъэщакъым икIи щхьэкIэ бжыгъэр зэхуэдэ иригъэщIыжащ. Iуэхур бгъэзэкIуэжыну адэкIэ зэман къэнэжатэкъым.
Мы зэIущIэр 1:1-уэ зэриухам зыри шынагъуэ хэлъкъым. Ди щIалэхэр текIуамэ, очкоуэ 8-кIэ я хьэрхуэрэгъухэм ящхьэщыкIынут, иджы — 6-кIэ япэ ищащ. Ар и фIыгъэщ мыгъэрей зэпеуэр фIы дыдэу зэрырагъэкIуэкIым икIи иджыри къэс зыми къызэрыхимыгъэщIэфам.
Абы щыгъуэми очкоитI зэрытфIэкIуэдам Свердлов областыр зэрыщыту игъэгуфIащ. Зэхьэзэхуэр иухыным джэгугъуитху иIэжу наIуэ хъуащ ди лъахэгъу щIалэ, нэгъабэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр зыхъума, Бырхьэм Къантемыр зыхэт «Урал»-р премьер-лигэм зэрыкIуар. ЕтIуанэ увыпIэр иутIыпщыну къыщIэкIынкъым Томск и «Томь»-м. Ари гуп нэхъыщхьэм зэрыкIуэнум шэч щIагъуэ хэлъыжкъым.
ОчкоихкIэ етхуанэ увыпIэм щытым щхьэщыкIа «Спартак-Налшыкри» къикIуэтыну фIэщщIыгъуейщ. Ещанэ е еплIанэ увыпIэр къихьмэ, ар премьер-лигэм и епщыкIущанэ-епщIыкIуплIанэ командэхэм языхэзым пэщIэувэнущ икIи ар хигъащIэмэ, гуп нэхъыщхьэм игъэзэжынущ. Iуэхур зэхэкIыным зы мазэ иIэжу аращ.
Иджы фыщыдгъэгъуэзэнщ япэ дивизионым хэт командэхэм иужьу ирагъэкIуэкIа зэIущIэхэм къарикIуа бжыгъэхэм. Мис ахэр: «Урал» (Свердлов область) — «Балтика» (Калининград) — 1:0, «Енисей» (Красноярск) — «Химки» (Мэзкуу область) — 2:1, «Металлург-Кузбасс» (Новокузнецк) — «Сибирь» (Новосибирск) — 1:0, «Шинник» (Ярославль) — «Уфа» (Уфа) — 1:0, «Петротрест» (Санкт-Петербург) — «Волгарь» (Астрахань) — 1:0, «Торпедо» (Мэзкуу) — «Салют» (Белгород) — 0:1, «СКА-Энергия» (Хабаровск) — «Томь» (Томск) — 1:1.
КъыкIэлъыкIуэ джэгугъуэр «Спартак-Налшыкым» мэлыжьыхьым и 29-м Томск къалэм щригъэкIуэкIынущ. А махуэм ди щIалэхэр яIущIэнущ япэ дивизионым пашэныгъэр щызыIыгъхэм ящыщ «Томь»-м.
Жыласэ Заурбэч.
ЗэIущIэ нэужь
Бурлаченкэ Валерий, «Ротор»-м и тренер нэхъыщхьэ:
Налшыкыр зытедгъэкIуакъым
— Джэгум и япэ Iыхьэм дыщыхуэмыхуащ. Ар зытеслъхьэр мыбы и пэ ита иужьрей джэгугъуищым дыкъызэрыщыхагъэщIарщ. Загъэпсэхуну къыщикIам ди щIалэхэм я джэгукIэм зэхъуэкIыныгъэ хэтлъхьащ икIи абы фIы къытхуихьащ.
Нобэ хьэрхуэрэгъу лъэщыр зытедгъэкIуакъми, ар нэхъри дытезыгъэгушхуэну Iуэхугъуэщ. ЩIалэхэм я лъэкI къагъэнакъым икIи абы къыхэкIыу фIыщIэ яхуэфащэщ.
Шыпш Тимур, «Спартак-Налшыкым» и тренер нэхъыщхьэ:
Фэбжьым и зэранкIэ…
— Ди командэм и капитан Джудович фэбжь зэригъуэтам джэгум зригъэхъуэжащ. Аращ зэIущIэм и кIэухым топ къыщIытхудагъэкIари. Абы иджы зыри пхуещIэжынукъым, адэкIэ зыгъэхьэзырын хуейуэ аращ.
Топ дэдгъэкIа иужькIэ, дыкъокIуэтыжри, хьэрхуэрэгъухэр зытыдогъэгушхуэ. Абы щыгъуэми Iэмал хъарзынэхэр зыIэщIыдогъэкI. Иджы «Томь»-м нэхъ ерыщыжу зыхуэдгъэхьэзырынщ.
— Футболист нэхъыбэ щхьэ умыхъуэжарэ? Абы зэманри нэхъ игъэкIуэнт, щIалэхэми жыджэрагъ къахилъхьэнт.
— ИбгъумкIэ щыджэгуфын гъуащхьэхъумэ ныкъуэ тхъуэжыну диIакъым. Рухайа фэбжь игъуэтауэ сымаджэт, Аверьяновым дагъуэ зыбжанэ хуащIати, мы зэIущIэр блигъэкIын хуейт. IэмалыншагъэкIэ Гуэщокъуэр абыкIэ дгъэкIуауэ аращ.
Хьэтау Ислъам.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "27191.txt"
} |
Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и вагъуэ
КъБР-м и цIыхубэ, КъШР-м щIыхь зиIэ я артисткэ Щэрмэт Людмилэ нобэ илъэс 60 ирокъу
Нобэ зи махуэр зыгъэлъапIэ бзылъхугъэ, КъБР-м и цIыхубэ артисткэ, цIыху къызэрыгуэкI, ауэ зэчий ин зыбгъэдэлъ Щэрмэт Людмилэ и джэгукIэм кIэлъыплъыну Iэмал зиIа псори щыхьэт техъуэфынущ ар сыт хуэдэ ролми зэхуэдэу фIыуэ зэрыпэлъэщым. Образ зэмылIэужьыгъуэхэр гъэщIэгъуэныщэу утыкум щыдегъэлъагъу Людмилэ, псом хуэмыдэу фIы дыдэу къехъулIэу къызолъытэ абы гуэхыпIэ имыIэу езгъэкIу гушыIэбэ лIыхъужьхэр. ЦIыхум и гуп хэтыкIэр, и цIыху щIыкIэр утыкум зэритым темыхуэнкIи мэхъу. АрщхьэкIэ и артистыгъэмкIэ куэд щIауэ сцIыху, ауэ гъунэгъуу сызэпсэлъылIэну Iэмал симыIа Щэрмэт Людмилэ сызэрыщыгугъа дыдэм хуэдэу къыщIэкIащ. Сыпсалъэу сыхуэзэну сызэрыхуейр щыжесIэм, абы и гуапэу и унэ сригъэблэгъащ, сыхьэт бжыгъэхэр зэрыкIуар сымыщIэу дызэдэуэршэращ. «Интервью къеIысхащ» схужыIэнукъым, ди зэпсэлъэныгъэр апхуэдизкIэ хуиту, тыншу щытащи. Ар, шэч хэмылъу, зи фIыгъэр Людмилэ зыгуэр щIихъумэн мурад зимыIэ, псэ къабзэ, гу хьэлэл зыкIуэцIылъ цIыху зэIухауэ зэрыщытырщ. Куэдщ щытхъур, ар абы фIэмыфIыщэ Iуэхугъуэщ.
Псори лъапIэщ си дежкIэ
ГъащIэр зыубзыху щIэдзапIэр
ГЪУАЗДЖЭМ и лэжьакIуэ ухъун щхьэкIэ, дауи, ухуеин къудейр мащIэщ. Ар икIи уи лъым хэтыпхъэу къыщIэкIынущ. Людмилэ IэщIагъэ хуэхъуауэ и гъащIэм къыщыдэгъуэгурыкIуэр и адэ-анэм я деж къыщожьэ.
— Артистыгъэр яхэлът си адэми си анэми, — жеIэ Щэрмэтым. — Къуажэм щагъэува «Къамботрэ Лацэрэ» спектаклым ахэр зэрыхэтам и мызакъуэу, си анэр къызэрыгуэкI гъащIэми щыджэгурейт. Ди гъунэгъу гуэрым щIыхьэху яIэмэ, цIыхухъуу зихуапэрт, пащIэхэр зытригъэувэрти, и ныбжьэгъу цIыхубзхэр и гъусэу хьэблэр къызэхикIухьырт, къыхахахэр Iуэху зиIэм хуахьырт. Илъэс 90-кIэ псэуати, и нэкIум зы зэлъагъэ иIакъым, си адэмрэ абырэ зэгурыIуэ-зэдэIуэжу, я псэр зы чысэм илъщ жыхуаIэм ещхьу зэрызэдэпсэуар арагъэнщ. Сызэрианэм щхьэкIэ жысIэу щIэджыкIакIуэхэм къащыхъуну сыхуейкъым, ауэ цIыху угъурлыт, езым зэрыфIэфIу щытам ещхьуи жэнэзышхуэ игъуэтыжащ.
ГъащIэ хъарзынэ къигъэщIами, и анэр зыми игъэлIэнтэкъым. Къуэрылъху-пхъурылъхуу 14, абыхэм къалъхужауэ 22-рэ илъэгъуащ си анэм, итIани сигу къоуэ, и жагъуэ хъуну жысIахэм согупсысыж. ИтIанэ ар дунейм зэрехыжрэ гъащIэр зэрыкIэщIым сегупсыс хъуащ. Уэсым изогъэщхь цIыху гъащIэри, пIалъэ гуэркIэ къытохьэри токIыж…
ГушыIэр Тхьэм и щIасэщ
1989 гъэ УРЫСЫБЗЭР фIыуэ зымыщIэу Москва кIуа хъыджэбз цIыкIум гъэщIэгъуэн Iэджэ къыщыщIащ икIи жиIащ. Ар иджы и ныбжьэгъухэм яIуэтэж, Людмилэ зигъэгусэн дэнэ къэна, езыри зыщодыхьэшхыж. Ар и щыхьэтщ Щэрмэтым гушыIэшхуэ зэрыхэлъым, езым ар фIыуэ къызэрыгурыIуэм.
ЕджэнымкIи гушыIэрейуэ къыщIэкIащ Людмилэ: бзэр гъэхуауэ зэримыщIэм хуэдэу, стипендие лъагэ къихьу яфIеджащ, «Драмэмрэ эстрадэмрэ я театрым и артист» иту диплом зрата цIыхуиблым ящыщ зыщ. «ЦIыхур зыукIыр игурэ и щхьэрэ зэтелъу «сощIэ сэ ар» щыжиIэ зэпытырщ. А Iуэху бгъэдыхьэкIэм къегъапцIэри, зымыщIэу жыхуаIэу зыщыдыхьэшхар щхьэпрокIыж», — жеIэ абы.
— Мысостышхуэ Пщызэбий лIыхъужь къысхищIыкIыну хэтащ сэ, Лацэ и ролыр къыщызитам. Сызэрагъэхьэзырар комедийнэ характернэ актрисэми, теплъэкIэ сыхуэкIуэрти, арэзы сытехъуат. АрщхьэкIэ Лацэу уджэгуу гуащэм и ролым уехъуэпсэныр дауэ къыпщыхъурэт, ар нэхъ си гъунэгъут (мэдыхьэшх). ИтIанэ «Василиса Прекрасная»-м Василисэу сыджэгурти, ар Уд фызыжь щыхъум и деж утыкум сыкъижыжырт, си дзэхэр хэзлыкIырт, бэлэбанэу зысхуапэрти силъэдэжырт. Джэдзауэ Венерэ ищIырт а ролри, зэи Уд фызыжьу яхуэджэгуакъым, ар зыгъэзащIэр Мэшыкъуэ Фенят. Сэ сфIэфIыщэу ролитIри сщIырт.
Гум щыбгъафIэ хъун ролхэр
АПХУЭДЭ защIэу къелъытэ Людмилэ утыкум къыщиджэгуну къыхуихуа образхэр. Ролищэм щIигъу щищIащ Къэбэрдей театрым и утыкум, иджыпсту ягъэлъагъуэ спектакль 14-м щыщу 8-м хэтщи, абыхэм хигъэфIыкIым сыщыщIэупщIэкIэ, хогупсысыхьри къызжеIэ:
— Псори лъапIэщ си дежкIэ, «эпизодщ ар, зэ сихьэу сыкъикIыжынуращ» жысIэу сыджэгуну сыхуейкъым, апхуэдэ щIыкIэкIэ Iэпэдэгъэлэл сщIаи яхэткъым. Роль нэхъыщхьэр нэхъ тыншщ пщIыну цIыкIухэм нэхърэ, сыту жыпIэмэ етIуанэр цIыхум гукъинэж ящыпщIыным икъукIэ уелIэлIапхъэщ.
Эпизод ролыр фIыуэ къызэрызэхъулIэр «къызэIузыхар» режиссер гъуэзэджэ Дэбагъуэ Романщ. «ФIыуэ сыкъэплъагъуу жыбоIэ, роль къызэптыркъым», — жысIэу сыщыкIэрыхъыжьэм, «ХъуэпсапIэм и трамвай» жыхуиIэм гъунэгъум и ролыр щысхухихащ, сыкъекIиехыу. Iэгуауэ ин зэрысхуаIэтар щилъагъум, «Кин ЕплIанэми» сыхигъэхьэри, Голсуэлсу сыджэгуащ.
НэхъыфIу слъагъуу сиIэщ «Гулъытэншэ хъуахэр» лэжьыгъэм щызгъэзащIэ цIыхубзым и ролыр. Ар къызытесщIыкIар Горнэ хьэблэм щыпсэу, быни унагъуи зимыIэ урыс бзылъхугъэт. Ар прототипти, япэ махуэм щыщIэдзауэ сыкъызэреджам нобэми сытетщ.
КIунэ абы щигъэзащIэ ролыр езгъэкIуртэкъыми, ехьэкI-къехьэкI сиIэ мыгъуэ сэ, езы ЖьакIэмыхъури зэрыщыту ар жысIащ. Сефыгъуэу аракъым, Тхьэм жимыIэкIэ. КIунэ хуэдэ щыIэкъым, зэгуэр диIэнуи си фIэщ хъуркъым. И ныбжьым емылъытауэ, ар сытым дежи нэхъ щIалафэщ — илъэс 20 дыхъуу дыкъыщыкIуэжам, КIунэ а ныбжьым иту джэгурт, дэ илъэс 40 хъухэм я ролыр дгъэзащIэрт. Дэ 40 дыхъури, абы нэхърэ куэдкIэ нэхъыжьхэм я образхэр тщIы хъуащ, КIунэ а ныбжьыр къылъысащ. Иджы дэ 60 дохъури, 70 — 80-у доджэгу, а актрисэр ди илъэсхэм иджыри фIэкIакъым. Тхьэм иригъэфIакIуэ, куэдрэ узыншэу ди япэ итыну си гуапэщ. Ауэ езмыгъэкIур бзылъхугъэ щабэ цIыкIум и ролырат: ар дауэ, псори дызыфIэлIыкI бзылъхугъэ уардэр, тIэкIуи ткIийр шэфтал щабэ цIыкIуу?! Пщызэбий дунейм щехыжа лъэхъэнэм ирихьэлIэу Украинэм дыкIуэн хуей хъуащ дэ. Мис абы щыгъуэ КIунэ и пIэкIэ Хьэмыку Жаннэ хагъэхьащ, ТыIэщ Маринэ и ролыр КIэхумахуэ ФатIимэ иратащ. Спектаклым къызэригъэувым хуэдэу сытогушхуэф Жаннэ, КIунэ деж тIэкIу щтэIэщтаблэ сыщыхъурт.
Трагедием ущыджэгуну нэхъ тыншщ, гушыIэм нэхърэ. Комедием зэ ебгъэхуэхмэ, ролыр къыпхудэхьеижкъым, театреплъхэр пIыгъыну гугъу дыдэщ. Трагедиер-лIо, нэпс къебгъэжэбзэхыныр дакъикъэ Iуэхущ, арщхьэкIэ ари ди IэщIагъэм идэркъым, дэ дыщIагъэджыкIащ зэи утыкум ущыгъ зэрымыхъунум. «Анэм игу» спектаклым зэрыщысхузэфIэкIыр сщIэркъым, ауэ абы сыщыджэгуху еджапIэр сигу къокIыж.
Куэдрэ жызоIэ ар сэ, иджыри къытызогъэзэжри, узэрыт ролыр «къэппсэун» хуейщ. «Репетицэ зэ, тIэу тщIымэ зэфIэкIащ» Iуэху бгъэдыхьэкIэр захуэкъым, апхуэдэкIэ театреплъыр къыпхуэгъэпцIэнукъым. ПщIэр уэ езым къыбгурымыIуауэ, ар дауэ цIыхум деж нызэрыпхьэсыфынур?!
СфIэфI дыдэу садэлэжьащ, зыхуэзгъэдэн щымыIэу цIыху зэчиифIэхэщ, режиссер IэкIуэлъакIуэщ Фырэ Руслан, Теувэжыкъуэ Владимир, Дэбагъуэ Роман сымэ. Сащытхъу пэтми зызгъэнщIыркъым, ахэр дызэриIэм апхуэдизкIэ сыщогуфIыкIри.
Думэн Мурадин и «ХьэфIыцIэ, Хьэкъарэ, Хьэнэхъу, е ХьэкIуцэ, КIуэкIуцэ, КIурацэ» спектаклым щоджэгу (сэмэгумкIэ япэу щысщ).
УэрэджыIакIуэ Нэхущ Чэримрэ Щэрмэт Людмилэрэ.
И бынхэу Фарисрэ Адисэрэ я гъусэу.
Сезыудыхыр сытми пщIэрэ уэ?!
РАДИОМРЭ телевиденэмрэ сыкIуэн сыукIытэ сыхъуащ, куэдыIуэрэ утыку сихьэу пIэрэ жызоIэри. АрщхьэкIэ схуэгъэщIэхъуркъым, зыкъысфIэщIыжауэ къащыхъуну сыхуейкъым. Сыунэхъури зэ яжесIащ: «КхъыIэ, рассказыфIхэр фымыуцIэпI, сэ пщIэншэу сыкъыфхуеджэнщ». КъызэхьэлъэкIыркъым икIи сыщIегъуэжакъым, ауэ радиом операторитI фIэкIа иIэкъыми, къыплъысын щхьэкIэ куэдрэ уежьэн хуей мэхъу. Си зэманыр пщIэншэу зэрыкIуэдым сризэгуэпу сожьэ чэзур къыщыслъысынум.
ГушыIэ щIыкIэм тетуи си лэжьэгъухэм жаIэ: «Спектаклыр утыку къыщрамыхьэжыну пIалъэр къэса иужьи Щэрмэтым образым хилъхьэн щIэ къелъыхъуэ». Пэжщ, утыкум тIэу зэкIэлъхьэужьу зэщхьу сыкъихьэну сыхуейкъым, абы щыгъуэми ипэкIэ сщIар нэгъуэщIым къигъэсэбэпу слъэгъуауэ.
Псом нэхърэ нэхъ си жагъуэ хъур, сезыудыхыр сытми пщIэрэ уэ?! Уи мыIуэху зумыхуэ щыжаIэм и дежщ. Ар къызэмыузмэ — срипсэлъэнукъым, сыщигъэпIейтейкIэ — си Iуэхущ. Псалъэм папщIэ, театрым сыдыхьэу солъагъу лIы гуэрым театрым уэсыр кIэщIитхъуэу. Ар ткIумэ зэрыкIэщIэлъэдэнум щхьэкIэ, къыкIэщIитхъужыну селъэIуащ, идэртэкъыми, тумэнипщI естри уэсыр мыдэкIэ къезгъэхьыжащ. Си Iуэхукъэ, ар си театрщ сэ.
Роль ущIэхъуэпсыныр захуагъэщ
ЩЕДЖЭ зэманым «Ромеорэ Джульеттэрэ» спектаклым щыджэгуну ехъуапсэу щытащ Людмилэ. Иджы зыхуейр купщIэ зиIэ, узыгъэгупсысэ образщ.
— Айтматов Чингиз и «Плаха»-м хэт дыгъужь анэм и ролыр схуэщIынут, абы и зэхэщIыкIыр егъэлеяуэ спэгъунэгъущи. Сыту тхакIуэ лъэщт ар, сыту гъэщIэгъуэныщэу цIыхухэмрэ хьэкIэкхъуэкIэхэмрэ зэригъэпщат!
Къубатий Мухьэмэд «Шэнтхэр» жеIэри зы лэжьыгъэ къысхуегъэлъагъуэ, жьы хъуа зэлIзэфыз фIэкIа хэмыту. Шэнтхэр къегъэувэкIарэ къахуеблагъэу щытахэр ягу къагъэкIыжу. Пьесэм зыбжанэрэ сыкъеджащ, Мухьэмэд а спектаклым сыкъыщелъагъу, сэ зэкIэ апхуэдэу схужыIэнукъым. Япэрауэ, гугъу дыдэщ, етIуанэрауэ, мистикэ хэлъщи, тIэкIу сегъэгуитIщхьитI, — жеIэ Людмилэ.
Театрымрэ лэжьэгъухэмрэ
ИДЖЫПСТУ театрым и нэхъыжьхэмрэ къищта ныбжьыщIэхэмрэ къурш зэрахуэгъэзынур си фIэщ мэхъу. Дэтхэнэ зы театр лъэщми пеуэфынущ ар, сыт хуэдэ спектакль гугъури яхуэгъэувынущ. Бзэр яIурылъщ, уадэлэжьэн хуейуэ аркъудейщ. Москва театрым иIэр къети, дыдейхэр зы щхьэкIэ нэхъ лъагэнущ. Сыт щыгъуи Къэбэрдей театрым и пщIэр адрейхэм нэхърэ нэхъ лъагэу щытащ, къызэрызэгъэпэщын хуейр лэжьыгъэм я гур хуэзыгъэкъэбзэн IуэхугъуэхэмкIэщ. Театрым щылэжьэн хуейкъым ар фIыуэ зымылъагъу. ДиIэщ актерхэр зылъагъу мыхъу цIыхуитI-щы, щIэлажьэр дэрауэ зэрыщытыр къагурымыIуэу. Апхуэдэхэм ди IуэхущIапIэр дяпэкIэ Тхьэм щихъумэ.
И псэм хэлъым дыхамыхыну дыкъэзылъагъухэри, ди гуапэ зэрыхъунщи, ди мащIэкъым. Апхуэдэщ театрым и унафэщIым и къуэдзэ Дэцырхъуей Хьэчим, ди щхьэцхэр тхуэзыгъэдахэ урыс бзылъхугъэ Борисовэ Любэ, реквизитор Даур Тамарэ, дэрбзэр ХьэхъупащIэ Мадинэ, утыкур зыгъэнэху художник Къанкъул Анзор, щIыхьэпIэм деж щыт Даур Розэ, ди щыгъыныгъуэхэм я художник Дэцырхъуей Рузаннэ сымэ, нэгъуэщIхэри.
ТхьэмыщкIэ, зыхузэфIэмыкI уэрамым дэту илъагъумэ, Фырэ Руслан и нэпсыр къыфIокIуэ, апхуэдэ цIыхур IеинкIэ Iэмал иIэкъым. Тхьэм хущIигъэхьэ, дызэрыщыгугъ фIым ар зэрытедгъуэтэнум шэч къытесхьэркъым, — жеIэ Людмилэ. — Театрым и унафэщIыр Пащты Иринэщи, цIыху зэпIэзэрытщ, артистхэр зыхуей дыдэм хуэдэу гъэщIэрэщIэнымрэ егъэфIэкIуэнымрэ и нэрыгъщ. Иджыпсту иIэ зэфIэкIымрэ и гухэлъымрэ зэхуэгъакIуи — дифI фIэкIа абы къызэрыхэмыкIынур си фIэщ мэхъу.
Нэхъыбэу къыхэзгъэщыну сызыхуейр ди щIалэгъуалэм я гъэсэныгъэрщ. Абыхэм апхуэдизкIэ хабзэ яхэлъщи, нэ ятезмыгъэхуащэрэт жызоIэ. Музыкэ театрым улахуэ ныкъуэкIэ сыщолажьэ-тIэ сэ, «Хьэбалэрэ Хьэбашэрэ» спектаклым сыхэтщ. Зыми и жагъуэ сщIыну сыхуейкъым, ауэ абы сыкъыщIэкIыжауэ ди театрым сыкъыщыщIыхьэжкIэ, си гум «уэху» жеIэж. Зэи ди хабзакъым зыщIыпIэ дыкIуэн хуей хъумэ, автобусым и жьантIэм ныбжьыщIэхэр дытIысу, ар зейр ди нэхъыжьхэрт, иджыпстуи Къэбэрдей театрым къыщекIуэкIыр аращ. Ар нэмысщ, пщIэщ, нэхъыжьми лъыбгъэсу, уи щхьэми хуэпщIыжу.
Насыпыр плъыфэбэщ
СЭ СЫНАСЫПЫФIЭЩ си бынхэмкIэ. Фарисрэ Iэдисэрэ гугъу сехьу спIащ, артистым и улахуэкIэ сабиитI къэпIэтын жыхуэпIэр тыншкъым. Зыми ищIакъым массаж щIыкIэ зезгъэсауэ пщIэкIэ абы срилажьэу, хьэмэрэ тепIэн къэсхьрэ зжьыщIу, пщыхьэщхьэкIэрэ сылъэсакIуэу. Абы и ужькIэ театрым сыгуфIэу утыку сыкъыщихьэрт. Иджы я щхьэ Iуэху зэрахуэжыф, сэри къыщыспэIэбэ щыIэу. Фарис унагъуэщ, щIалитI иIэщ. ПщафIэ Iэзэщи, хуэмыщI шхыныгъуэ къэбгъуэтынукъым. Iэдисэ нэхъ пасэу къызжиIат уэрэджыIакIуэ хъуну зэрыхуейри хуэздатэкъым, утыкум итым пщIэ зэримыIэр тегъэщIапIэ сщIыри. Москва кIуэри илъэсибгъум щIигъукIэ абы щылэжьащ. Маникюр ищIу зригъэсауэ абы иропсэу. Махуэ псом абыкIэ къилэжьа ахъшэр иретри, уэрэд ирегъэтх. Куэд щIакъым артисткэм теухуа уэрэдыр хьэзыр зэрыхъурэ, псалъэхэр и ныбжьэгъум ейщ, макъамэ щIэзылъхьар Факъхэ я щIалэщ. Дауэ щытми, фIыуэ къехъулIэр IэщIыб ищIакъым. Бгъунлъа и насыпым тIэкIу сегъэгумэщIри, зэтеувэжыну сыщогугъ.
Насыпышхуэу сиIэхэм ящыщщ си ныбжьэгъухэр. ПэжкIэ къызбгъэдэтщ илъэс куэд щIауэ къыздэгъуэгурыкIуэ, сифIри си Iейри къыздэзыщIэ бзылъхугъэхэу Зэгъэщтокъуэ Ася, Мэремкъул Людмилэ, Къущхьэбий Светэ, Эммэ сымэ. АпхуэдизкIэ абыхэм сесащи, зы махуэ къэмыкIуамэ е къэмыпсэлъамэ, си пIэм симызэгъэжу сохъу. Псом хуэдэжкъым Эммэ, жэщ-махуэ жумыIэу псалъэ къудей, си бынхэм нэхъапэ къос, къыпхуимыщIэни бгъуэтынукъым, — жеIэ Людмилэ.
Зэи нэщI хъуакъым Людмилэ и унэр. Студенти, и лэжьэгъуу щытаи, Шэшэн, Абхъаз зауэхэм кърахужьаи — абы щымыпсэуар укIуэдыж. «Дауэ екIуэлIапIэншэу уэрамым цIыху къызэрыдэбнэнур, пцIанэу, шхын имыIэу, и псэм игъэгужьеяуэ. Унэри пхыхуакъым, сэри си гур къабзэщ. Ари насып плъыфэбэм щыщщ», — къыддогуашэ Людмилэ.
Сыт артистыр зыхуейр? Лэжьыгъэм тезыгъэгушхуэ щытыкIэ театрым иIэрэ утыку къихьэмэ, джэгурэ спектаклым къэкIуахэм Iэгуауэр хуаIэтмэ, дунейм теткъым яхуумыщIаи, ар зыхузэфIэкIын лъэпкъ Тхьэм дищI. Зы адыгэ щыIэху, театрыр кIуэдыжынукъыми, ар Щэрмэт Людмилэ хуэдэ артисткэ игъащIэкIэ щымыщIэну дохъуахъуэ!
ИСТЭПАН Залинэ.
Псэр щытынш жьэгу
Щэрмэт Людмилэ СулътIан и пхъур 1953 гъэм Аруан районым хыхьэ Къэхъун къуажэм къыщалъхуащ. Курыт еджапIэр къиухри, ар 1970 гъэм щIэтIысхьащ Щукиным и цIэр зэрихьэу Москва дэт театр училищэм (адыгэ студием, егъэджакIуэр профессор Калиновский Леонидт). 1975 гъэм Налшык къызэригъэзэж лъандэрэ, ар ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым щолажьэ. Щэрмэтым 1997 гъэм Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм щIыхь зиIэ и артисткэ, 2008 гъэм КъБР-м и цIыхубэ артисткэ цIэ лъапIэхэр къыхуагъэфэщащ.
Театр гъуазджэм пэжкIэ къулыкъу зэрыхуищIа илъэс 38-м къриубыдэу Людмилэ игъэзэщIащ роли 100-м щIигъу. Щэрмэтыр хьэл зэмыщхь зиIэ цIыхухэм я щытыкIэм тыншу зэриувэфым и фIыгъэкIэ, абы утыку кърихьащ лIыхъужь зэмылIэужьыгъуэ куэдым я образхэр. Псалъэм и хьэтыркIэ, Къэбэрдей театрым и тхыдэм къыхэнащ Еврипид и «Ипполит» (Корифейкэм и образыр), ЩоджэнцIыкIу Алий и «Къамботрэ Лацэрэ» (Лацэ), Думбадзе и «Кукарачэ» (Ревекэ), Шортэн Аскэрбий и «Яшэмрэ къэзышэхэмрэ» (Цоцэ), Иоселиани и «Хъыджэбз къыдэнэжахэр» (хъыджэбзихми я ролхэр гъуэрыгъуэу), Арро и «Мо къэкIуам феплъыт» (Ларисэ), IутIыж Борис и «Тыргъэтауэ» (Адисэ) спектаклхэм, нэгъуэщI куэдми Людмилэ щигъэзэщIа роль купщIафIэхэр. Характернэ, лирикэ, комедие лIыхъужьхэм я образхэм къадэкIуэу, егъэзащIэ драмэ ролхэри. Абы къегъэлъагъуэ Людмилэ и зэфIэкIыр нэхъыбэ зэрыхъур, и къэухьым зэрызиузэщIыр. Абы и щыхьэту жыпIэ хъунущ актрисэр езым и жыпхъэ, и джэгукIэ щхьэхуэм и гугъу щыпщI хъуну зэманым зэрынэсар. Щапхъэ нэрылъагъущ Кайтов СулътIан и пьесэм къытращIыкIа «Анэм и гур» спектаклым щигъэзащIэ Марие Павловнэ, Николаи Альдо и «Гулъытэншэ хъуахэр» лэжьыгъэм хэт Пьер сымэ я образхэр къызэригъэщIар, Нало Заур и новеллэм къытращIыкIа «IэфIынэ и нэ фIыцIитIыр» спектаклым анэм и ролыр, Горин Григорий и «Кин ЕплIанэм» Голсуэлс и ролыр зэрыщигъэзащIэр. Тырку драматург Несин Азиз и пьесэм къытращIыкIа «СыукI иджы, дунейнэху!» спектаклым хэт Дихэ и ролыр здигъэзащIэм, иджыри зэ Людмилэ джэгукIэ гъэщIэгъуэн ди пащхьэм кърилъхьащ.
Къэбэрдей театрым теухуауэ сыт хуэдэ тхыгъэ газетхэм, журналхэм къытехуэми, дэтхэнэми къыщагъэлъагъуэ Щэрмэт Людмилэ зи IэщIагъэм хуэIэижь цIыхуу зэрыщытыр. Людмилэ къыгуроIуэ режиссерым абыхэм я пащхьэм къригъэувэ къалэнхэр икIи ахэр фIы дыдэу зрегъэхъулIэф, зэлэжь образыр режиссерым зэрилъагъумрэ езым и бгъэдыхьэкIэмрэ екIуу зэхеухуанэри. Арагъэнщ игъэзащIэ дэтхэнэ ролри щIэплъыфэбэр, щIэжьыуэ дахэ зыхэплъагъуэу щIыщытыр, цIыхухэм я гум къыщIинэр.
— Иджыпсту ди гъащIэм къыщыхъу Iуэхугъуэхэр сценэм къыщыдгъэлъагъуэмэ, ар пэж дыдэу зыми и фIэщ хъункъым, — жеIэ Людмилэ. — Сэ хьэкъыу спхыкIащ ди гъащIэ псор зэрытеатрыр, дэ дызэрыактерыр. Сценэм хуэдэу сэ гъащIэм сыщыджэгуфынутэкъым, пцIым, бзэгу зехьэным, зэкIэлъымыкIуагъэм срабийщи. Слъагъу хъуркъым цIыхум пцIы иупсу, абы щыгъуэми пэжым и телъхьэ цIыху захуэу уи пащхьэ зыкъыщигъэлъэгъуэну щыхэтым деж. Театрым щылажьэ псоми ящIэ си Iуэху еплъыкIэр къехьэкI-нехьэкI хэмылъу зэрыжысIэр. Сэ къызэрысфIэщIымкIэ, уи напэр къабзэу, ущIэукIытэн ббгъэдэмылъу, цIыхум и гум узэреуэн псалъэ Iей гуэр къыбжьэдэмыкIыу упсэуным нэхърэ нэхъ насып щыIэкъым.
Насыпыр къыздикIынур пщIэркъым. Ди театрым и лэжьакIуэ пажэхэм зэрырихьэлIар Людмилэ насыпышхуэу къелъытэ. Ахэр зэхуэзышар гъуазджэм хуаIэ лъагъуныгъэрт. Курыт еджапIэм щыщIэсым художественнэ самодеятельностым хэтами, Людмилэ хирург IэщIагъэт зыщIэхъуэпсыр. Ауэ адэм ар зэрыфIэмыкъабылыр къилъытэри, пщащэм нэгъуэщI IэщIагъэ къыхихащ.
Республикэ газетхэм ящыщ зым театр студием ягъэкIуэн щIалэгъуалэ къызэрыхахым теухуа тхыгъэм къыщеджэри, адэм гукъэкI ищIащ ипхъу нэхъыщIэр абыхэм зэрахэзэгъэнур. А зэманым щэнхабзэмкIэ министру щыта Ефэнды Джылахъстэн и нэIэм щIэту Советхэм я унэм къыщыхахат Москва ягъэкIуэнухэр.
Курыт еджапIэм адыгэбзэкIэ фIэкIа щемыджа Людмилэ и урысыбзэр тIэкIу «ещIэкъуауэрт», ауэ къылъыса лэжьыгъэр и анэдэлъхубзэмкIэ екIуу щигъэлъагъуэм, Калиновскэм зэуэ гу къылъитащ актрисэ хьэлэмэт къызэрыщIыкIыну пщащэм. ЕджэхукIи и нэIэ зытригъэтар а хъыджэбзым и закъуэкъым, атIэ адыгэ студием щеджа дэтхэнэ зыми ар адэ хуэдэу къащхьэщытащ.
Актер Iэзагъэм и щэхухэр Людмилэ шыIэ хэлъу, гунэсу зыIэригъэхьащ. Кавказ жыжьэм икIа щIалэхэмрэ пщащэхэмрэ къалащхьэм и еджапIэр лъапэ махуэ яхуэхъури, къауха иужь, Москва и театр зэмылIэужьыгъуэхэм лэжьапIэ къыщыхуагъэлъэгъуат, ауэ гупыр зэрызэрыIыгъыу, Калиновскэмрэ Ефэндымрэ илъэситхукIэ зыхуаущиям тету, я хэку къагъэзэжащ, Къэбэрдей театрым щылэжьэн папщIэ. «Нобэр къыздэсми, а лIитIым мыухыж фIыщIэ яхузощI», — жеIэ Людмилэ.
КъэкIуэжа щIалэгъуалэм республикэр щыгуфIыкIа щхьэкIэ, театрым Iуэхур зэрыщыщытыр тIэкIу нэгъуэщIут… Пэжщ, актер нэхъыжьхэу Сонэ Мухьэрбий, Жыгун Тимэ, ТIыхъужь Алий, ДыщэкI КIунэ сымэ ахэр я гуапэт, ябгъэдэлъ IэзагъэмкIэ, чэнджэщкIэ ядэгуэшэну хьэзырт. «Езы Москва дыди щыслъэгъуатэкъым Сонэ Му- хьэрбийрэ ДыщэкI КIунэрэ хуэдэ актер лъэщ. Абыхэм ягъэзащIэ ролхэр сценэм «къыщагъэпсэурт». Сэ си насып кърихьэкIри, ахэр иджыри утыку иту сакърихьэлIэжащ, — къыддогуашэ Людмилэ. — Театрыр си дежкIэ лъапIэу гъащIэм хэлъыр щызекIуэ унэщ, си псэр щытынш си жьэгущ. Мазэ бжыгъэкIэ абы и кIуэцI щIэмыхьэу зыхуэшэчхэм сэ сащыщкъым. — Махуэ зыбжанэ нэхъыбэ схудэхыркъым: сыхуейщ сценэм, сыхуейщ сыджэгуну. Илъэс 38-кIэ сыкъызыдекIуэкIа си лэжьэгъухэр иджы си дэлъхухэщ, шыпхъухэщ.
Актрисэр сценэм къыщихьэкIэ сыт зэгупсысыр? «Япэ щIыкIэ согузавэ, театреплъхэм саIуоплъэри, зызэтызоуIэфIэж (си унэжь сыщIэс хуэдэу). Къызэплъхэмрэ сэрэ дяку дэлъ зэпыщIэныгъэм гукъыдэж къысхелъхьэ», — жеIэ Людмилэ.
Щэрмэтым и цIэ-унэцIэм екIуу къыгуэуващ «характернэ актрисэ» псалъэхэр. Нобэ ирихьэлIэу роль куэд дыдэ зыгъэзэщIэну хунэса Щэрмэтым и хъуэпсапIэм и Iэр лъэIэсащ. Режиссер Дэбагъуэ Роман и фIыгъэкIэ Людмилэ къехъулIащ нэхъапэхэм игъэфIа образыщIэ (графиня Голсуэлс, Горин Г. и «Кин ЕплIанэм»). «Хуабжьу сигу ирохь мы уэркъ бзылъхугъэ гъэфIар, щхьэпсыншэр, а псоми къыдэкIуэу икIи узыIэпызышэр. Ролым гугъу сыдехьащ, ауэ режиссерыр апхуэдизкIэ елIэлIат ар щиухуэми, сценэм сыщихьам егъэлеиныгъэу мы персонажым хэлъ псори узыIэпызышэу, щабэу джэгукIэм хэзагъэрт. Пэжыр жыпIэмэ, мы ролыр «ришелье» хэдыкIым ещхьщ: апхуэдизкIэ хэплъыхьащ, тIасхъэщ, ауэ щыхъукIэ лъэщу ухуащ». Москва критикхэм Щэрмэтым и Голсуэлс гуащэр нэхъапэм ялъэгъуа псоми къыхагъэбелджылыкIащ.
Мыбы и закъуэкъым Людмилэ щIэр къызыщигъэлъагъуэр. Николаи Альдо и пьесэм къытращIыкIа «Гулъытэншэ хъуахэр» спектаклым егъэлеяуэ телъыджэу щищIащ зи закъуэ псэу цIыхубзым и образыр. ФIы дыдэу къехъулIащ ар абы.
— «Зерно риса» спектаклым сыщыджэгуну сыхуейт. Зи къекIуэкIыкIар гуауэу, гугъуу зэхэлъ цIыхубзым и ролыр згъэзэщIэным иужь зэманхэм сызыIэпешэ. Уджэгуну зэрынэхъ тыншыракъым, атIэ цIыху щхьэхуэм и гум щигъэв гурыгъу-гурыщIэхэр театреплъхэм я деж нэсхьэсыну сызэрыхуейрщ. Дунейр хужь-фIыцIэу зэхэлъ къудейкъым. А гупсысэр хьэкъ пщохъу уи ныбжьыр нэхъ щыхэкIуатэм, образыр куууэ зэпкърыпхыф щыхъум деж, упщIэ куэдым я жэуап къэбгъуэтыфу уджэгуныр уи псэм къилъыхъуэ хъуа иужь. Къапщтэмэ, сфIэфIщ трагедиемрэ комедиемрэ щызэхэухуэна ролхэр згъэзэщIэн. Ауэ сытми узыгъэдыхьэшх къызэрыгуэкI гушыIэм е мыухыж нэпсым нэхърэ ар гъащIэм нэхъ пэгъунэгъущ, — жеIэ Людмилэ.
Зэи къыхуихуакъым актрисэм «си роль нэхъыщхьэр згъэзэщIащ, иджы сымыджэгуххэми хъунущ» щыжиIа. Иджыпсту и хъуэпсапIэщ IутIыж Борис и «Тыргъэтауэ» пьесэм хэт Тыргъэтауэу джэгуну. «СызыIэпызышэр Тыргъэтауэ лъагъуныгъэ зэхуэмыдэкIэ псори фIыуэ зэрилъагъурщ. Сэ зэуэн Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкI, абы къыдэкIуэуи зи адэр, Хэкур, зи щхьэгъусэмрэ къуэмрэ фIыуэ зылъагъу цIыхубзым и образыр къысхуэгъэлъэгъуэнут. Абы ехьэлIа си Iуэху еплъыкIэхэм адэкIэ сытепсэлъыхьынкъым, а ролыр сэ зыми къызитакъым. Ауэ сытми си щхьэм илъ гупсысэхэмкIэ сывдэгуэшауэ аращ», — жеIэ Щэрмэтым.
«Сэ сыт хуэдэ лэжьыгъэми сытеукIытыхьыркъым, зыгуэрым и пщэдыкъым удэсыным нэхърэ нэхъ узыгъэлъахъшэ щыIэу сщIэркъым». Мы псалъэхэрщ Людмилэ и гъащIэм и джэлэсыр. Сыт хуэдэ роль игъэзащIэми, къыдэлажьэхэм, и ныбжьэгъухэм, гъунэгъухэм дауэ ябгъэдэтми, актрисэ, цIыху къызэрыгуэкI Щэрмэт Людмилэ нэхъыщхьэу хэлъым и къежьапIэр зэрылэжьакIуэшхуэмрэ цIыху пэжу дунейм зэрытетымрэщ. Арагъэнщ дэтхэнэ цIыхуми пщIэрэ щIыхьрэ къызэрилэжьыфыр.
МЭРЕМКЪУЛ Людмилэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "27195.txt"
} |
Ельциным и шыфэлIыфэр
1993 гъэм и мэлыжьыхьым «Аргументы и факты» газетым тетащ Урысейм и Президент Ельцин Борис и интервью. А зэманым ар пэщIэуват ЦIыхубэ депутатхэм я съездым — арат 1992 — 1993 гъэхэм зэреджэр Урысейм и къэрал властым и орган нэхъыщхьэм. Унэ хужьыр танкхэмкIэ зэхакъутэным иджыри илъэс ныкъуэ иIэт, арщхьэкIэ Ельциным жиIахэм цIыхухэр къигъэуIэбжьауэ щытащ.
Абы лъандэрэ илъэс зыкъом дэкIащ, а лъэхъэнэм екIуэкIахэр къызыфIэмыIуэхужынухэри мащIэкъым. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, Ельциным и жэуапхэри гу къабзагъэм къыбгъэдэкIыу къэплъытэ хъунукъым. АрщхьэкIэ а интервьюр зэманым и нэщэнэщ. Тыдодзэ абы щыщ пычыгъуэхэр.
«Хьэмэм нэужьым пивэ сигу къохьэ»
Уэ цIыхухэм я нэхъыбэм укъызэрацIыхур телевизоркIэщ. Языныкъуэхэм я деж уэ абы зэщIэкъуауэ зыщыпIыгъщ, арщхьэкIэ уи къарур щIихауи ущыдолъагъу. Уи узыншагъэр сыт хуэдэ?
— Мыбдеж сэ зэуэ сыщрохьэлIэ гугъуехьитIым: сызэрешамрэ си жеин къызэрыкIуэмрэ. Си Iэпкълъэпкъыр згъэжаныну сыхуейщ, ауэ ар къызэхъулIэжыркъым нэхъапэм хуэдэу. Сыхьэти 3 — 4 фIэкIа ущымыжейкIэ псори къыптохьэлъэ. Пщэдджы-жьым щыщIэдзауэ жасы хъуху лэжьэгъуэ зэманыр дакъикъэ бжыгъэкIэ зэпыудащ. ЗысIыгъын хуейщ, ауэ си ныбжьыр илъэс 62-рэ ирикъуащ.
Апхуэдэу щытми къару сиIэщ — сэ илъэс куэд лъандэрэ сыщIобэн си мурадхэм. Арыншауэ сыпсэуфынукъым. Съездым сэ сызэрыщаубым хуэдэу нэгъуэщI гуэр щагъэпудамэ, и гур къызэгуэудынт хуэмышэчу.
— ИтIани куэд щIоупщIэ: сыт узэфэр? Узэфэри сыт хуэдиз?
— Си лэжьэгъуэ махуэр дакъикъэхэмкIэ зэпэщIэхащ, щэбэтри, тхьэмахуэ махуэм и япэ Iыхьэри хэту. Унэм куэдрэ сыкъыщалъагъуркъым: сыкъокIуэжри, согъуэлъыж. Тхьэмахуэм и пщыхьэщхьэм зэрыунагъуэу дызэхуос цIыхуи 9-р. Мыбдежым сэ щысIэт щыIэщ зэм грамм 50, адрейхэм я деж граммищэ хъу коньяк. Ауэ хьэмэмым сыкъыщIэкIыжамэ, пивэ сефэну сигу къохьэ…
— ЖаIэ уэ тхьэгурымагъуэхэм, нэгъуэщI Iэзэхэм куэдрэ захуэбгъазэу. Абыхэм я лъэр Кремлым щагъэбыдар пэж?
— Ди деж апхуэдэ цIыхухэм ящыщу зыри щылажьэркъым, сощIэж илъэсрэ ныкъуэрэ и пэкIэ къезгъэблэгъэну Джунэ къызэрызэлъэIуар. ДакъикъитхукIэ дызэпсалъэри, дызэбгъэдэкIыжащ.
— Уэ, щхьэтечу жытIэнщи, цIыхубзхэм сыт хуэдэу уахущыт (а зэманым щэхуу ягъэхъыбарырт Ельциным щIасэ цIыхубз иIэу)?
— Сэ цIыхубзхэмкIэ сехъулIащ си унагъуэкIэ. Си анэр, щхьэгъусэр, пхъуитI, абыхэм къалъхуауи хъыджэбз цIыкIуитI. Псори си псэм хэлъщ. Абыхэм я дежкIэ си лэжьыгъэм нэхърэ нэхъ лъапIэ щыIэкъым. Си анэр щылIам щыгъуэ илъэсипщI зи ныбжь си пхъурылъху Машэ псори иущийрт самыгъэпIейтеину. А псори зэхьэлIар си унагъуэрщ. Ауэ адрей цIыхубзхэм я гугъу пщIымэ, абыхэм ящыщ куэдыр апхуэдизкIэ куууэ политикэм хыхьащи, нэгъуэщI гуэри къафIэIуэхужкъым. ЖысIэнщи, пэкIухэм я нэхъыбэм щыплъагъур бзылъхугъэхэрщ.
ЩIегъуэжауэ фэ теттэкъым
Мы зэманым еш умыщIэу уризэдауэ хъунущ «90 гъэхэм ди къэралыр къызэзыгъэ
1992 — 1993 гъэхэм УФ-м печатымрэ информацэмкIэ и министру щыта Полторанин Михаил игу къегъэкIыж:
Ельциным «Аргументы и факты» газетым интервью щрита зэманыр ирихьэлIащ политикэ Iуэхухэр хуабжьу щызэIыхьа зэманым. Абы щыгъуэ лъэныкъуэ-лъэныкъуэкIэ щызэпэщIэуват СМИ-хэри. Ауэ «АиФ»-р цIыхубэм нэхъ къыщхьэщыж хуэдэт. Ар абыкIи хуитт: а зэманым газетым и редактор нэхъыщхьэу лэжьа Старков Владислав цIыхубэ депутату хахат.
Фигу къэзгъэкIыжынщ 1991 гъэм Ельциным съездым реформэхэм я программэ къызэрыщыхилъхьар икIи и къулыкъукIэ иIэ зэфIэкIхэм зы илъэскIэ хагъэхъуэну зэрылъэIуар. Съездыр арэзы хъуащ. Ельциным псори бгъэдэлът: властыр, икIэм-икIэжым, цIыхубэм и шыIэныгъэр… Ауэ сыт хуэдэу абы а дзыхьыр къызэригъэсэбэпар? ЗэрытщIэжщи, цIыхухэр нэхъыбэу зыхуей ерыскъыпхъэхэмрэ хьэпшыпхэмрэ я уасэр хуэдэ 50-кIэ дэкIуеящ. Мыхьэнэ ин дыдэ зиIэ IуэхущIапIэхэр кIэпIейкIэ бжыгъэкIэ цIыху зыбжанэм яIэрыхьащ…
ЖытIэнщи, цIыхухэм я куэдт 1993 гъэм и мэлыжьыхьым къэхъуар къызыхэкIамкIэ Урысейм и Президентым зэреупщIын. «АиФ»-р езы Ельциным абы теухуауэ еупщIауэ щытащ мыпхуэдэу: «Уэ езыр сыткIэ ухущIегъуэжа реформэхэм зэрыщIидзэрэ блэкIа зэманым?»
Жэуапыр, си фIэщу жызоIэ, щIэджыкIакIуэхэм телъыджэ ящыхъуащ. Ельциным къуаншэу зыкъызэрилъытэжар езым и блыгущIэтхэм… цIыху къемызэгъ зэрыхигъэхьамкIэ щыуауэщ. ЖыхуиIар Президентым и напэ трихыну а зэманым къыхуэдэлъа вице-президент Руцкой Александрт.
Съездым зэрыпэщIэувам хуэгъэза упщIэхэри «АиФ»-м Ельциным иритауэ щытащ. Жэуапыр зыми къыгурыIуакъым. Ельциным зэрызигъэкъуэншар депутатхэм яхудичыхыIуэу зэрыщытарщ.
«Сэ си телъхьэхэм мы зэманым сагъэкъуаншэ си ныкъуэкъуэгъухэм зэрахудэсчыхыIуэм къыхэкIыу. Яхудэзмычыхамэ нэхъыфIт»… «Щыуагъэр» Ельциным игъэзэкIуэжащ а гъэм и жэпуэгъуэм Парламентым и унэр икъутэри…
А зэманым СМИ-хэри щытыкIэ хьэлэмэтым итт. 1993 гъэм властым и гъэзэщIакIуэ, хабзэгъэув къудамэхэр прессэм хузэIухат сыт и лъэныкъуэкIи. Кремлым и телъхьэхэми Съездым къыдэщIхэми яхузэфIэкI къагъанэртэкъым цIыхухэр къыдахьэхын папщIэ: либералхэр — Парламентым, Ельциныр зигу ирихьхэр коммунистхэм я дежкIэ еплъэкIырт. Ауэ жылагъуэм къыгурыIуакIэт Iуэхур зыхуэкIуэр.
Псоми зихъуэжащ парламентым яхэуа иужькIэ. Абы щыгъуэм Кремлым Съездыр щIипIытIащ. Нэхъапэм дыгъуэну шынахэр (ар ехьэлIащ «Унагъуэми» укIытэри напэри яфIэкIуэдащ. Аращи, иджырей коррупцэм щыщIидзар 1993 гъэрщ.
Къыхэдгъэщынщи, Ельциным «коррупцэ» псалъэр зэи къыжьэдэкIакъым…
Зыгъэхьэзырар Осипов Сергейщ.
«Аргументы и факты»
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "27204.txt"
} |
Нобэ
1920 гъэм Налшык япэ медицинэ IуэхущIапIэ къыщызэIуахащ.
1945 гъэм совет, америкэ дзэхэр Эльбэ псым деж щызэхуэзащ.
Адыгейм и цIыхубэ тхакIуэ, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Лъостэн Исуф къызэралъхурэ илъэси 100 ирокъу.
КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, пшынауэ Iэзэ Къуэдз Iэбубэчыр и ныбжьыр илъэс 69-рэ ирокъу.
КъШР-м щIыхь зиIэ и артисткэ, КъБР-м и цIыхубэ артисткэ Щэрмэт Людмилэ илъэс 60 ирокъу.
Биологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, къэрал лэжьакIуэ Щхьэгъэпсо Сэфарбий и ныбжьыр илъэс 59-рэ ирокъу.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 13 — 16, жэщым градуси 7 — 10 щыхъунущ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "27206.txt"
} |
Васильев Сергей чемпионхэм йохъуэхъу
Вэсэмахуэ КъБР-мкIэ МВД-м щагъэлъэпIащ Урысейм и командэ къыхэхам хэту IэпщэрыбанэмкIэ дунейпсо чемпионатым дыщэ медалхэр къыщызыхьа республикэм и спортсменхэу полицэм и лейтенант нэхъыжь Мырзэкъан Азэмэтрэ сержант нэхъыщIэ Беслъэней Нурмухьэмэдрэ. Абыхэм саугъэт лъапIэхэр хуагъэфэщащ.
— Фи лIыгъэмкIэ, псэемыблэжыныгъэмкIэ, ерыщу текIуэныгъэм фызэрыхуэпабгъэмкIэ, — къыхигъэщащ къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ Васильев Сергей, — Урысей МВД-м и пщIэр фIэта къудей-къым. Фэ ди къэралышхуэм и щIыхьыр фхъумащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэм щыщыIэ щытыкIэ гугъум махуэ къэс къулыкъукIэ фи къалэныр хьэлэлу вгъэзащIэкIэрэ, тренировкэхэм зэман къыхувогъуэтыф. Республикэм щыпсэухэр дунейпсо чемпиона- тым кIэлъыплъащ. Абыхэм ялъэгъуащ фи хьэрхуэрэгъухэм Iэмал гуэри къахуэвмыгъанэу екIуу текIуэныгъэр зэрызыIэрывгъэхьар.
Васильев Сергей КъБР-мкIэ МВД-м Iуэхухэр псынщIэу зэфIэзыгъэкI гуп хэхам (СОБР) и командир полицэм и полковник Щоджэн Къадир, республикэм спортымрэ туризмэмкIэ и министрым и къуэдзэ Мамхэгъ Хьэчим, «Динамо» урысейпсо физкультурэ-спорт зэгухьэныгъэм» и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и унафэщIым и къуэдзэ, къэрал кIуэцI къулыкъум и полковник Фролов Сергей сымэ апхуэдэ спортсмен лъэщхэр зэрагъэхьэзырам папщIэ фIыщIэ яхуищIащ. Къулыкъу-прикладной спорт лIэужьыгъуэхэм зегъэубгъуным хуащI хэлъхьэныгъэм папщIэ КъБР-мкIэ МВД-м и щIыхь тхылъхэр абыхэм яритащ.
КIАСЭ Маринэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "27209.txt"
} |
Уасэ зимыIэ щIыуэпс
Налшык къалэ администрацэм щIалэгъуалэ Iуэхухэмрэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмкIэ и къудамэм «ЩIыгу щхъуантIэ-2013» зэIущIэ ирегъэкIуэкI.
Экологиер хъумэным теухуа мы Iуэхур IыхьитIу гуэшауэ къызэрагъэпэщащ: япэм дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэным теухуауэ щIалэгъуалэм заочнэу къыхурагъэхь лэжьыгъэхэм щыхэплъэнущ, етIуанэм проект нэхъыфIхэр хэIущIыIу щащIынущ.
Форумым мыпхуэдэ унэтIыныгъэхэр иIэщ: «ЩIыуэпсыр уасэ зимыIэ хъугъуэфIыгъуэу псоми къыдитащ», «Эко-объектив», «ЛIэщIыгъуэхэм къадекIуэкIа хабзэхэр», «Иджырей зэманымрэ лъэпкъ хабзэхэмрэ».
Абы хэт хъунущ илъэс 14-25-рэ ныбжьым ит щIалэгъуалэм я мызакъуэу, абыхэм я егъэджакIуэхэри, я унафэщIхэри, Iуэхум теухуауэ жэрдэм щхьэпэ зиIэ дэтхэнэри.
Зэпеуэм хэтыну гукъыдэж зыщIхэм мэлыжьыхьым и 30-м нэсыху я проектхэр ирахьэлIэн хуейщ Налшык къалэ администрацэм и пэш №24-м. Телефонхэр: 42-27-68, 47-46-96.
ЛЪОСТЭН Музэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "27211.txt"
} |
Лъэпкъ ныпым и махуэ
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и и унафэкIэ 2010 гъэм щыщIэдзауэ Адыгэ ныпым и махуэр мэлыжьыхьым и 25-м ди лъэпкъэгъу псоми ягъэлъапIэ.
Шабзэшищыр щызэблэдзауэ вагъуэ пщыкIутI зытет бэракъ удзыфэм щIэту ди лъэпкъым шыщхьэмыгъазэу и Хэкур хахуэу ихъумащ. Аращ дэтхэнэ зы адыгэм и дежкIи абы мыхьэнэ ин щIиIэр, пщIэ хэха щIыхуищIыр. Псом хуэмыдэу гуапэщ лъэпкъ ныпыр къытщIэхъуэ щIэблэм лъагэу зэраIэтыр. Зы гуфIэгъуи, дэрэжэгъуи, Iуэхушхуи къанэу къыщIэкIынкъым ар ирипагэу щамыгъэхуарзэу.
Ди къуэшхэр куэду щыпсэу щыпIэхэм Адыгэ ныпым теухуа Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр зэуIуу илъэс къэси щрагъэкIуэкI. Апхуэдэхэм ящыщ зыщ хабзэ хъуауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIалэгъуалэ, лъэпкъ зэгухьэныгъэхэм къызэрагъэпэщ автопробегыр. Мис аргуэруи, мэлыжьыхьым и 25-м сыхьэт 12-м, Абхъазым и утым абы хэтхэр щежьэнурэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и жылагъуэ зыбжанэ (Шэджэм, Дыгулыбгъуей, Бахъсэн, Алътуд, Прохладнэ, Майскэ, Тэрч, Шэрэдж Ищхъэрэ, Нарткъалэ, Къэхъун, Аруан, нэгъуэщIхэри) адыгэ ныпым щIэту зэлъагъэIэсынущ.
Пщыхьэщхьэм (зэрыхуагъэфащэмкIэ, сыхьэт 18-м) а щIыпIэ дыдэм къекIуэлIэжынурэ адыгэ джэгу зэхаублэнущ. Ар лъэпкъыр зэкъуэзыгъэувэ, удэзыхьэх, Iуэхугъуэ щхьэпэ зэрыхъунум шэч хэлъкъым.
Къэхъун Бэч.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "27213.txt"
} |
Нобэрей адыгэ бэракъыр дунейм къызэрытехьэрэ илъэси 183-рэ ирокъу
Адыгэ бэракъыр къыздикIар къэпщIэн щхьэкIэ, инджылыз зыплъыхьакIуэ Спенсер Эдмунд «Шэрджэс щIыналъэм сызэрыкIуар» зыфIища и тхыгъэм ухэплъэн хуейщ.
А гукъэкIыжхэр 1839 гъэм тхылъ щхьэхуэу Лондон къыщыдэкIауэ щытащ. Япэ напэкIуэцIым щхъуэкIэплъыкIэу къыщыгъэлъэгъуа адыгэ ныпым тепсэлъыхьурэ, Спенсер етх: «Iэтащхьэ къэсар къезыгъэблагъэ фоч уэ макъхэр зэрыувыIэу, екIуу хуэпа зауэлI мин шууэ къытпежьэри, асыхьэтым шэрджэс щIалэ бжьыфIэ гупым дыкъаухъуреихьащ. Языныкъуэхэр къызэрыгуэкIыу, мэкъумэшыщIэхэм ещхьу хуэпат, адрейхэм Iэщэ-фащэр къакIэрылыдыкIырт. Абдежым Хъерсыс СулътIан зи цIэ тхьэмадэ махуэм къыщызэкIуэцIихащ Истамбыл къраха, Тыркум пщIэшхуэ щызиIэ пщы гуащэм IэкIуэлъакIуэу хидыкIа бэракъ дахащэр. Апхуэдизу зыщIэхъуэпс лъэпкъ бэра-къыр къызэралъагъуу, а цIыху къомым я гум из хъуауэ къыщыпкI гуфIэгъуэр нэхъри щIиIэтэу джатэ мин уафэм хуэгъэзауэ дыгъэм пэлыдащ».
Адыгэ ныпым тет дамыгъэхэм къэхутакIуэхэр зэтемыхуэу топсэлъыхь. Языныкъуэхэм ар адыгэ лъэпкъ пщыкIутIым я зэкъуэтыныгъэм и дамыгъэу ябж. Адрейхэм ахэр ЩIыми, Уафэми, Псыми щыIэрыхуэ Лъэпщ и шабзэшэхэм я дамыгъэу къалъытэ. Ауэ бэракъым щIэлъ гупсысэ куум улъэIэсын папщIэ, аргуэру тхыдэм гъэзэжыпхъэщ.
Домбеякъ лъэхъэнэм хиубыдэу хьэтхэм къащIэна фэеплъхэм захуэбгъазэмэ, нэрылъагъу мэхъу адыгэ бэракъым и зэхэлъыкIэми и купщIэми адыгэ-хьэт дамыгъэхэр я лъабжьэу зэрыщытыр. Гъуаплъэм, домбеякъым, дыщэм къыхэщIыкIа хьэт дамыгъэ хъурейхэр ди эрэм и пэкIэ минитI гъэхэм щыIа Аладжэ Хъукъуэ щэнхабзэм хеубыдэ. А лъэхъэнэр археологхэм Мейкъуапэ щэнхабзэм ирапх. Абырэ Хьэт пащтыхьыгъуэм дыгъэр и лъабжьэу яIа дамыгъэ зэпрыдзымрэ тещIыхьауэ жыпIэ хъунущ XIX лIэщIыгъуэм «къагъэщIэрэщIэжа» адыгэ бэракъыр. Дыгъэм и къэухь узыIуплъэм вагъуибгъу тету дамыгъэ хъурей ирокIуэ. Ику ит къэухьым вагъуэ цIыкIуий итщ. Шабзищ зэблэ-дзам хьэтхэм я дамыгъэ зэбгъузэнатIэр нэхъ зэщIэкъуауэ къегъэлъагъуэ: мамырыгъэм, мэкъумэшым теухуар IуагъэкIуэтри, шабзэшэхэм я теплъэ папцIэхэмкIэ зауэм пыщIа Iыхьэр нэхъ къыхагъэщащ.
УпщIэ къоув: дауэ XIX лIэщIыгъуэм Мейкъуапэ щэнхабзэмрэ анадолэрыс алыджхэм я IэдакъэщIэкIхэмрэ зэрызэлъэIэсар? Абы и жэуапыр тхыгъэжьхэм къыбжаIэфынущ. Псалъэм папщIэ, XX лIэщIыгъуэм къагъуэтыжа Кархемих къраха гъущIым тетхам къраджыкIащ «атхэмрэ хьэтхэмрэ Кавказ Ищхъэрэм икIыу Азие ЦIыкIум зэрыIэпхъуар». КъищынэмыщIауэ, Псыкупсэ къыхэлъадэ Хьэтыпс деж къыщагъуэтыжащ кхъуэщынхэм я убыдыпIэм тегъэуа мейкъуапэ-хьэт дамыгъэхэр.
Лъэпкъ псом къызэдащтэуи, лIакъуэ щхьэхуэ-щхьэхуэуи адыгэхэм нып зыбжанэ зэрахьауэ къыхощ тхыдэм. Ауэ псом нэхърэ нэхъ лъапIэу къанэр адыгэхэм 1830 гъэм къаIэта, я Хэкур щахъумэжым зи лъабжьэ щIэува ныпращ. Илъэси 183-рэ дэкIащ япэ адыгэ лъэпкъпсо бэракъыр къызэрыунэхурэ. Ноби адыгэхэм дызэкъуэувэн зэры-хуей къалэнышхуэр къытпэщылъщ. Аращ вагъуэ пщыкIутIрэ шабзэ зэблэ-дзаищрэ зытет бэракъ удзыфэм и пщIэр ди зэманми щIэиныр.
ЛОПАЩIЭ Нурбий,
КЪУИИКЪУЭ Асфар.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "27215.txt"
} |
Щэнхабзэм и хъугъуэфIыгъуэхэр зэрахъумэм топсэлъыхь
КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Фырэ Руслан хэтащ УФ-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм и коллегием и зэIущIэу абы и унафэщI Мединский Владимир дыгъуасэ Москва щригъэкIуэкIам.
Абы щытепсэлъыхьащ цIыхубэ IэщIагъэхэр щагъэлъагъуэ Урысейпсо музейм зэрызиужьыну щIыкIэм, апхуэдэу щэнхабзэм и хъугъуэфIыгъуэхэр къэралым зэрырагъэтхымрэ ахэр къэрал реестр зэгуэтым зэрыратхэ щIыкIэмрэ егъэфIэкIуэным, щэнхабзэм, тхыдэм, турист лэжьыгъэм теухуа Интернет порталхэм зегъэужьыным. ЗэIущIэм апхуэдэу щыхэплъащ Урысей Федерацэм и театр гъуаз-джэм зегъэужьынымкIэ яIэ фIыщIэм папщIэ УФ-м и Правительствэм и саугъэту Волков Федор и цIэкIэ ягъэувар 2013 гъэм нэхъ зыхуэфащэу къалъытэхэм.
ГЕРАСИМОВЭ Риммэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "27218.txt"
} |
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
Къэрал чэнджэщэгъум и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал властым и органхэм я полномочиехэр тэмэму ирахьэкIынымкIэ ядэIэпыкъун, апхуэдэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и политикэ, социально-экономикэ зыужьыныгъэм хуэгъэзауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал властым и органхэм зэфIэкIымрэ щIэныгъэмрэ зыубгъуауэ къыщыгъэсэбэпын мурадкIэ унафэ сощI:
1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Къэрал чэнджэщэгъум и къулыкъу къызэгъэпэщын.
2. Къэлъытэн:
а) Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Къэрал чэнджэщэгъум и къулыкъум Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал властым и орган нэхъыщхьэхэм я унафэщIу щытахэр ягъэув зэрыхъунур;
б) Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Къэрал чэнджэгъур и къулыкъум Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым зэрыгурыIуам тету Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм зэригъэувыр;
в) Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Къэрал чэнджэщэгъум и къулыкъур Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал къулыкъуу е Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал граждан къулыкъуу зэрыщымытыр, а лэжьыгъэр пщIэншэу зэрырахьэкIыр;
г) Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Къэрал чэнджэщэгъур Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм къызэрагъэпэщ чэнджэщэгъу, убзыхуакIуэ органхэм хагъэхьэ, делегацэхэм хэт е абыхэм я унафэщIу щыт зэрыхъунур, апхуэдэу къэрал властым и федеральнэ органхэм, Урысей Федерацэм и субъектхэм я къэрал властым и органхэм драгъэкIуэкI зэпсэлъэныгъэхэм хэт зэрыхъунур.
3. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Къэрал чэнджэщэгъум и лэжьыгъэр мылъку-техникэ IуэхухэмкIэ къызэрагъэпэщ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Администрацэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я IуэхухэмкIэ управленэм.
4. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Администрацэм (Къуэшырокъуэ З.Къ.) хуэгъэувын «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Къэрал чэнджэщэгъум и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и законым и проектыр зы мазэ пIалъэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым къыщыхэлъхьэныр къызэригъэпэщыну.
5. Мы Указым къару егъуэт Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен
Налшык къалэ
2013 гъэм мэлыжьыхьым и 24-м
№63-УГ
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "27220.txt"
} |
КъБР-м и ТВ-мрэ радиомрэ
1 КъБР
«Мир» канал
Блыщхьэ, мэлыжьыхьым и 29
7.00 Мультфильм (6+)
7.10 «ФIым телэжьэн». КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Мэршэнкъул Iэдэм (адыгэбзэкIэ) (12+)
7.40 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр»
8.15 «ЛИК». Тележурнал (12+)
8.50 «Iущыгъэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (6+)
9.10 «49-нэ каналым и пощт» (12+)
18.00 Мульфильм
18.10 «Кавказ пшэплъхэр» къофэ». «Зори Кавказа» ансамблым и концерт. Япэ Iыхьэ (адыгэбзэкIэ)
19.25 Мультфильм (6+)
19.40 «ЩIэныгъэ лэжьакIуэ». Химие щIэныгъэхэм я доктор, профессор Алэкъей Лерэ (адыгэбзэкIэ) (16+)
20.10 «ЩIалэгъуэ». ЩIалэгъуалэм папщIэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (16+)
20.40 ТекIуэныгъэ Иным и махуэм ирихьэлIэу. «БлэкIар дигу къыдогъэкIыж». Хэку зауэшхуэм и ветеранхэу Евтушенкэ Николайрэ Мовсисян Черкесрэ (12+)
21.10 «Зэчиймрэ Iэзагъэмрэ». КъБР-м и цIыхубэ артист Бачиев Ахъмэт (балъкъэрыбзэкIэ) (16+)
21.40 ХъыбарыщIэхэр
Гъубж, мэлыжьыхьым и 30
7.00 Мультфильм (6+)
7.20 «УгушыIэнумэ, къеблагъэ». ГушыIэ программэ (адыгэбзэкIэ) (12+)
7.40 ХъыбарыщIэхэр
7.55 «ЩIэныгъэ лэжьакIуэ». Биологие щIэныгъэ-хэм я доктор, профессор КIэрэф Майе (адыгэбзэкIэ) (12+)
8.25 «Мыхъур». Тележурнал (12+)
8.55 Сурэттех Толгуров Камал и гъэлъэгъуэныгъэ (12+)
9.25 «Бэрэжьей пщыхьэщхьэм Баразбиев Исмэхьил дригъусэу». КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Мизиев Исмэхьил (балъкъэрыбзэкIэ) (16+)
18.00 Мульфильм
18.10 «Кавказ пшэплъхэр» къофэ». «Зори Кавказа» ансамблым и концерт. ЕтIуанэ Iыхьэ (адыгэбзэкIэ) (12+)
19.25 Мультфильм (6+)
19.35 «Узыншэу фыщыт». Тележурнал (адыгэбзэкIэ) (12+)
19.55 «ЩIыуэпс». Дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэным теухуауэ (адыгэбзэкIэ) (12+)
20.25 «Музейхэр» программэр (12+)
20.55 «Гъунапкъэхэр». Тележурнал (балъкъэрыбзэкIэ) (16+)
21.25 «Тайм-аут». Спорт хъыбархэр (12+)
21.40 ХъыбарыщIэхэр
Бэрэжьей, накъыгъэм и 1
7.00 Мультфильм (6+)
7.10 «ГушыIэ махуэ апщий!» ТIыхъужь Алий и цIэр зезыхьэ Кавказ Ищхъэрэ фестиваль (адыгэбзэкIэ) (16+)
7.40 ХъыбарыщIэхэр
7.55 «ЩIалэгъуэ». ЩIалэгъуалэм папщIэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (12+)
8.25 «Чемпионхэр». СССР-м футболымкIэ спортым и мастер Сыжажэ Валерэ (12+)
8.50 «Тайм-аут». Спорт хъыбархэр (12+)
9.05 Узденов Альберт и концерт. КIэухыр (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
18.00 Мульфильм
18.10 «Кавказ пшэплъхэр» къофэ». «Зори Кавказа» ансамблым и концерт. КIэухыр (адыгэбзэкIэ) (12+)
19.00 «Утыкур си гъащIэщ». УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ ЖьакIэмыхъу КIунэ (адыгэбзэкIэ) (16+)
19.30 «Си Хэкум уэрэд хужызоIэ, си Кавказри согъэлъапIэ». Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм гъуазджэмкIэ и лэжьакIуэхэм Кремлым щата концертыр (12+)
20.30 «Бэрэжьей пщыхьэщхьэм Баразбиев Исмэхьил дригъусэу». ТхакIуэ Кулиев Хъусей (балъкъэрыбзэкIэ) (16+)
21.00 «Зэманымрэ цIыхумрэ» (16+)
21.30 «Зи чэзу псалъэмакъ»
21.40 ХъыбарыщIэхэр
Махуэку, накъыгъэм и 2
7.00 Мультфильм (6+)
7.15 «Дыщэ пхъуантэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (6+)
7.40 ХъыбарыщIэхэр
7.55 «Ди псэлъэгъухэр». КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и унафэщI Тау Пщыкъан (адыгэбзэкIэ) (12+)
8.30 «Ретроспектива». «Шыхъуэм и уэрэд». Телевизионнэ фильм
8.40 «Прорыв» программэр (12+)
9.05 Узденов Альберт и концерт. КIэухыр (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
18.10 «Си гъащIэр си уэрэдщ». КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Тхьэгъэлэдж Светланэ и концерт. ПэщIэдзэр (адыгэбзэкIэ) (12+)
19.15 Мультфильм
19.25 ТекIуэныгъэ Иным и махуэм ирихьэлIэу. «ТекIуэныгъэр къэзыхьахэр» (адыгэбзэкIэ) (12+)
20.00 «Гупсысэр — псалъэкIэ». УФ-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, композитор ХьэIупэ ДжэбрэIил (адыгэбзэкIэ) (12+)
20.35 ТекIуэныгъэ Иным и махуэм ирихьэлIэу. «Хэкупсэ». Сталинград зауэм хэта Созаев Ако теухуауэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
20.55 «Унагъуэ». Журтубаевхэ я унагъуэр (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
21.30 «КъэкIуэнур нобэрей махуэм пыщIащ». КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Сэралъп Роберт (16+)
22.05 «Гъатхэ имыкIыж». УФ-м и цIыхубэ артист Тут Заур Кремлым щита концертыр. ПэщIэдзэр (12+)
Мэрем, накъыгъэм и 3
7.00 Мультфильм (6+)
7.20 «Узыншэу фыщыт». Тележурнал (адыгэбзэкIэ) (12+)
7.40 «Джэрпэджэж». Тележурнал (адыгэбзэкIэ) (12+)
8.15 «Махуэшхуэ». Прохладнэ къалэм ЩэнхабзэмкIэ и унэр илъэс 50 щрикъум ирихьэлIэу (12+)
8.55 «Къайсын и тхыгъэхэм дыкъеджэу…» (12+)
9.10 «Ууаз» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
9.40 «Сурэтхэм къаIуэтэж» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
18.00 Мультфильм
18.10 «Си гъащIэр си уэрэдщ». КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Тхьэгъэлэдж Светланэ и концерт. КIэухыр (адыгэбзэкIэ) (12+)
19.15 «Псэм и лъахэ». ТхакIуэ КхъуэIуфэ Хьэчим (адыгэбзэкIэ) (16+)
19.50 Балъкъэр лъэпкъ шхыныгъуэхэр (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
20.20 «49-нэ каналым и пощт» (12+)
21.05 УсакIуэ Семэн Руслан теухуауэ (16+)
21.40 «Гъатхэ имыкIыж». УФ-м и цIыхубэ артист Тут Заур Кремлым щита концертыр. КIэухыр (12+)
Щэбэт, накъыгъэм и 4
7.00 Мультфильм (6+)
7.30 «Псынэхэр». «Ныхас» осетин лъэпкъ-щэнхабзэ центрыр (12+)
8.05 «Лъэпкъ макъамэхэр». «Мелодия» сабий пшынауэ ансамблыр (адыгэбзэкIэ) (12+)
8.40 «Гъунапкъэхэр». Тележурнал (балъкъэрыбзэкIэ)
9.10 «49-нэ каналым и пощт» (12+)
16.40 Мультфильм
17.00 «Гъуэплъыфэ уафэ». Сабийхэм папщIэ спорт тележурнал (12+)
17.25 Шекспир Уильям. «Король Лир». Горький Максим и цIэр зезыхьэ Урыс къэрал драмэ театрым игъэува спектакль. ПэщIэдзэр (12+)
18.45 «Гум и джэ макъ». КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Бетыгъуэн Iэуес и пшыхь (адыгэбзэкIэ) (12+)
19.25 «Нэхъ лъапIэ дыдэ»
19.55 «Iущыгъэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (6+)
20.15 «49-нэ каналым и пощт» (12+)
Тхьэмахуэ, накъыгъэм и 5
7.00 Мультфильм (6+)
7.30 ТекIуэныгъэ Иным и махуэм ирихьэлIэу. «Кюкюртлю мылылъэм и щэхур» (12+)
8.05 «Уэрэдыр зи Iэпэгъу». Бэрэгъун Марианнэ (адыгэбзэкIэ) (12+)
8.40 «Литературэм теухуа псалъэмакъ» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
9.10 «49-нэ каналым и пощт» (12+)
16.50 «Ретроспектива». «Гъатхэ паркым». Фильм-концерт
17.20 Шекспир Уильям. «Король Лир». Горький Максим и цIэр зезыхьэ Урыс къэрал драмэ театрым игъэува спектакль. КIэухыр (12+)
18.00 «ГуащIэм фIыщIэ пылъщ». Кугъуэт Хьэзрэталий (адыгэбзэкIэ) (12+)
18.40 «Дыщэ пхъуантэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (6+)
19.05 «Мамырыгъэм хуэлажьэ гъуазджэ». Абхъаз Республикэм и сурэтыщIхэм я гъэлъэгъуэныгъэ (12+)
19.35 «Зэманымрэ цIыхумрэ». «Литературная Кабардино-Балкария» журналым и редактор нэхъыщхьэ Тхьэзэплъ Хьэсэн и ныбжьыр илъэс 70 щрикъум ирихьэлIэу (16+)
20.00 «Си гъащIэ, си уэрэд». Башиевэ ФатIимэ (балъкъэрыбзэкIэ) (16+)
20.40 «49-нэ каналым и пощт» (12+)
«Къэбэрдей-Балъкъэр» ГТРК-м и ТВ
Блыщхьэ, мэлыжьыхьым и 29
7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр
11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ)
11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ)
14.30, 17.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр
20.40 «УпщIэ нагъыщэ». Къэзанш Людмилэ иригъэкIуэкI нэтын
21.15 «Тщымыгъупщэн папщIэ»
Гъубж, мэлыжьыхьым и 30
7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр
9.00 «УпщIэ нагъыщэ». Къэзанш Людмилэ иригъэкIуэкI нэтын
9.30 «Макъамэ пощт»
11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ)
11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ)
14.30, 17.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр
20.40 «Ветеранхэр». Документальнэ фильм
Накъыгъэм и 1,
накъыгъэм и 2, накъыгъэм и 3 -хэм
лажьэркъым
Щэбэт, накъыгъэм и 4
8.10, 14.20 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр
Тхьэмахуэ, накъыгъэм и 5
10.20 ЩIыпIэ зэман. «Тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр»
14.20 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр
«Къэбэрдей-Балъкъэр» ГТРК-м и радио
Блыщхьэ, мэлыжьыхьым и 29
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10
7.25 — 7.45 Концерт (адыгэбзэкIэ).
7.45 — 8.00 Усыгъэм и дакъикъэхэр. Додуев Аскэр (балъкъэрыбзэкIэ).
10.15 — 10.30 Таурыхъхэм я ауз (адыгэбзэкIэ).
13.25 — 14.00 Театрыр микрофоным Iутщ. Олби Эдвард. «Зоопаркым къыщыхъуар».
Гъубж, мэлыжьыхьым и 30
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10
7.25 КъардэнгъущI Зырамыку. «Уэрэдымрэ абы и тхыдэмрэ» (адыгэбзэкIэ).
7.45 — 8.00 Кациев Хьэбу. «Скупая Шамахана» (балъкъэрыбзэкIэ).
10.15 — 10.30 «Жеттеев Мустариф и псалъэ». Композиторым и фэеплъ махуэм ирихьэлIэу.
13.25 — 13.45 «И гъащIэм хупыщэ». Лъы зытым и дунейпсо махуэм екIуэкIахэм ятеухуауэ.
13.45 — 14.00 Радиом и махуэм ирихьэлIэу. «МафIэм къилыпщIа вагъуэхэр». Радиом и фондым щыщщ. Япэ нэтын (адыгэбзэкIэ).
Накъыгъэм и 1-2-хэм лажьэркъым.
Мэрем, накъыгъэм и 3
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10
7.25 — 7.40 Гюго Виктор и «Козетта» тхыгъэм къытращIыкIа радиоинсценировкэ (адыгэбзэкIэ).
7.40 — 8.00 Радиом и махуэм ирихьэлIэу. «МафIэм къилыпщIа вагъуэхэр». Радиом и фондым щыщщ. ЕтIуанэ нэтын (адыгэбзэкIэ).
10.00 — 10.20 «Спорт Iуэхухэр».
10.20 — 10.30 «Зэгъусэу дыкъоджэ». Зауэ зэманым ятха усэхэр.
13.25 — 13.45 ТекIуэныгъэм и махуэм ирихьэлIэу. «Iугъуэмрэ мафIэмрэ пхыкIахэр» (адыгэбзэкIэ).
13.45 — 14.00 «Инджылызыбзэр Джэдгъэф Маринэ и гъусэу зыдогъащIэ».
Щэбэт, накъыгъэм и 4
10.10 — 11.00 «Кавказ пшэплъхэр». Радиожурнал.
12.10 «КъБР: махуэр махуэм кIэлъыкIуэу». ХъыбарыщIэхэр (адыгэбзэкIэ).
12.25 «КъБР: махуэр махуэм кIэлъыкIуэу» ХъыбарыщIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ).
12.40 — 13.00 Зауэ зэманым ятха уэрэдхэр.
Тхьэмахуэ, накъыгъэм и 5
10.10 «КъБР: махуэр махуэм кIэлъыкIуэу» ХъыбарыщIэхэр.
10.25 — 10.50 Къущхьэунэ Алексей. «Насыпым и нал» рассказыр.
10.50 — 11.00 «Зэгъусэу дыкъоджэ». Зауэ зэманым ятха усэхэр.
«КъБР-м и радио
Блыщхьэ, мэлыжьыхьым и 29
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ):
7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00
7.15/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ).
8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ).
8.25/16.05 «ЩIэныгъэм и дунейм — зыплъыхьакIуэ» (балъкъэрыбзэкIэ).
8.45/14.35 «Лэгъупыкъу». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ).
9.00/18.05 «Зэпсэлъэгъухэр» (урысыбзэкIэ).
9.25/18.30 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ).
10.05 «Утыку» (адыгэбзэкIэ).
10.20/16.25 «яхъума макъамэхэр» (адыгэбзэкIэ).
10.47/14.50 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ).
11.05/15.00 «Зэныбжьэгъухэм я гушыIэкIэр» (балъкъэрыбзэкIэ).
11.25/15.20 «Уэрэдыр тыгъэ фхузощI». Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и артисткэ Кульбаевэ Людмилэ (балъкъэрыбзэкIэ).
11.48/15.43 «Гюрен». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ).
12.05/17.30 «Дуней тетыкIэ» (урысыбзэкIэ).
12.25/17.00 «КъехьэкI-нехьэкI зыхэмылъ псалъэмакъ» (урысыбзэкIэ).
14.05-14.35 «Дыхьэшхэным и хъуреягъкIэ» (адыгэбзэкIэ).
Гъубж, мэлыжьыхьым и 30
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ):
7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00
7.15/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ).
7.48/15.43 «Зэхэфха? Флъэгъуа?» Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ).
8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ).
8.25/16.05 «Ди хъугъуэфIыгъуэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ).
9.00/18.05 «Зэманыр, къэхъукъащIэхэр, Iуэху еплъыкIэхэр» (урысыбзэкIэ).
9.25/18.30 «Гукъыдэж» (урысыбзэкIэ).
10.05 «Адыгэхэр: тхыдэр, гъэсэныгъэр» (адыгэбзэкIэ).
10.45/14.45 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ).
11.05/15.20 Балъкъэр цIыхубэ уэрэдхэр (балъкъэрыбзэкIэ).
11.28/15.00 «Школ Iуэхухэр» (балъкъэрыбзэкIэ).
12.05/17.30 «Классикэ макъамэм и концерт» (урысыбзэкIэ).
12.25/17.00 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ).
12.45/14.30 «Зи чэзу Iуэхум теухуауэ» (адыгэбзэкIэ).
14.05/16.35 «Макъамэ калейдоскоп» (адыгэбзэкIэ).
Бэрэжьей, накъыгъэм и 1
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ):
7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00
7.15/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ).
8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ).
8.25/15.00 «Къонгуроучукъ». Сабийхэм папщIэ (балъкъэрыбзэкIэ).
8.45/16.22 «Гюрен». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ).
9.00/18.05 «Зи чэзу Iуэхум теухуауэ» (урысыбзэкIэ).
9.25/17.30 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ).
10.05/15.45 «Дунеймрэ абы щыпсэу цIыхумрэ» (адыгэбзэкIэ).
10.20/16.32 Концерт (адыгэбзэкIэ).
10.47/14.50 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ).
11.05/16.05 «Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ).
11.22/15.20 «Сэлам алейкум» (балъкъэрыбзэкIэ).
12.05/17.00 «Гъуазджэм и щIыналъэ» (урысыбзэкIэ).
12.35/18.30 «Гукъыдэж» (урысыбзэкIэ).
14.05-14.50 «Уэрэдыр и Iэпэгъуу» (адыгэб- зэкIэ).
Махуэку, накъыгъэм и 2
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ):
7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00
7.15/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ).
8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ).
8.25/16.05 «Дэ къытхуэнар» (балъкъэрыбзэкIэ).
9.00/18.05 «Нэхъыщхьэм теухуауэ кIэщIу» (урысыбзэкIэ).
9.25/17.30 «Макъамэ Iэмэпсымэ зэмылIэужьыгъуэхэм папщIэ ятха пьесэхэр» (урысыбзэкIэ).
9.37/17.42 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ).
9.47/17.20 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ).
10.05/14.35 «Динымрэ гъащIэмрэ» (адыгэбзэкIэ).
10.20/16.35 «Уэрэдыжьхэр» (адыгэбзэкIэ).
10.45-11.00 «ДунейгъафIэ». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ).
11.05/15.00 «Лэгъупыкъу» (балъкъэрыбзэкIэ).
11.25/15.20 «Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ).
11.48/15.43 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ).
12.05/17.00 «Макъамэхэр» (урысыбзэкIэ).
12.25/18.25 «Дуней тетыкIэ» (урысыбзэкIэ).
14.05-14.35 «Пшыналъэ». Нэгузегъэужь нэтын (адыгэбзэкIэ).
Мэрем, накъыгъэм и 3
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ):
7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00
7.15/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ).
8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ).
8.25/16.25 «Дыщэ пхъуантэ цIыкIу» (балъкъэрыбзэкIэ).
8.35/15.10 «Уэсылъэ къуршхэм я макъамэ» (балъкъэрыбзэкIэ).
9.00/18.05 «ГъащIэ упщIэ» (урысыбзэкIэ).
9.25/17.30 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ).
10.05 «Эфирыр псоми папщIэ» (адыгэбзэкIэ).
10.25 «ФIыуэ тлъагъу макъамэхэр» (адыгэбзэкIэ).
10.45/14.32 «Таурхъан». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ).
11.05/15.00 «Гуапагъэмрэ уахътыншагъэмрэ ятеухуауэ» (балъкъэрыбзэкIэ).
11.15/16.05 «Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ).
11.35/15.32 «Гюрен». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ).
11.45/15.42 «Щэнхабзэм теухуауэ» (адыгэбзэкIэ).
12.05/17.00 «Гъуазджэм и щIыналъэ» (урысыбзэкIэ).
12.35/18.30 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ).
12.44/18.39 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ).
14.05/16.35 «Ди гъусэу зывгъэпсэху» (адыгэбзэкIэ).
Щэбэт, накъыгъэм и 4
7.00/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ).
7.38/13.38 «Вагъуэбэ» (адыгэбзэкIэ).
8.00/15.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ).
8.25/15.25 «Эрирей» (балъкъэрыбзэкIэ).
9.00/18.00 «Я гулъытэ нэхъыщхьэр зыхуэгъэзар» (урысыбзэкIэ).
9.25/18.25 «Макъамэхэр» (урысыбзэкIэ).
9.45/18.45 «Усыгъэм и сатыр мыкIуэдыжынухэр» (урысыбзэкIэ).
10.00-10.30 «Дэрэжэгъуэ» Нэгузегъэужь нэтын (адыгэбзэкIэ).
10.50/14.30 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ).
11.00/16.00 «Зэныбжьэгъухэм я гушыIэкIэр» (балъкъэрыбзэкIэ).
11.21/16.21 «Топалайчыкъ». Сабийхэм папщIэ (балъкъэрыбзэкIэ).
11.30/16.30 «Iуащхьэмахуэ и щыгум щыIу уэрэдхэр» (балъкъэрыбзэкIэ).
12.00/17.00 «Гукъыдэж» (урысыбзэкIэ).
12.44/17.44 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ).
14.00-14.50 «Радиотеатр» (адыгэбзэкIэ).
Тхьэмахуэ, накъыгъэм и 5
«ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ):
7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00
7.00/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ).
7.40/14.40 «Лъэпкъ прозэм и напэкIуэцIхэр» (адыгэбзэкIэ).
8.10/15.10 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ).
8.40/15.40 «Гюрен». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ).
9.00/18.00 «Iуэху нэхъыщхьэм теухуауэ» (урысыбзэкIэ).
9.30/18.30 «Бгыхэм я макъамэр» (урысыбзэкIэ).
9.40/18.40 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ).
10.10/14.10 «Макъамэ» (адыгэбзэкIэ).
10.40-10.58 «Школ Iуэхухэр» (адыгэбзэкIэ).
11.00/16.00 «Ди хъугъуэфIыгъуэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ).
12.10/17.10 «Театрыр микрофоным Iутщ» (урысыбзэкIэ).
13.35-14.00 «УсакIуэмрэ уэрэдымрэ» (адыгэбзэкIэ).
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "27223.txt"
} |
ЦIыхум гущIэгъу хэлъыпхъэщ
УФ-м и Къэрал Думэм къыхилъхьауэ 2007 гъэ лъандэрэ мэлыжьыхьым и 20-м Урысейм щагъэлъапIэ Лъы тыным и махуэр. Псом япэрауэ, ар хуэгъэпсащ зыгуэрым дэIэпыкъун папщIэ лъы зыт дэтхэнэми. Апхуэдэу ар я махуэщ лъы хэзышхэми, абы пыщIа Iуэхугъуэ псори тэмэму зэфIэгъэкIа хъуным епха дохутырхэми.
Шэт Ирмэ лъы ет. Сурэтыр Мамий Руслан трихащ. Лъы тыным и махуэм ирихьэлIэу «Урысей зэкъуэтым и щIэблэщIэ» жылагъуэ зэгухьэныгъэм, Къалэн куэд зыгъэзащIэ Къэбэрдей-Балъкъэр щIалэгъуалэ центрыр и дэIэпыкъуэгъуу, «Лъы тыи, гъащIэр къегъэл» псапащIэ Iуэху ирагъэкIуэкIащ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ ныбжьыщIэхэм цIыхухэр къыхураджащ сымаджэм дэIэпыкъуэгъу хуэхъуну.
Лъы щат республикэ станцым мэрем кIуам цIыху куэд щызэблэкIащ. Япэу абы екIуэлIахэм ящыщщ КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымрэ курортхэмкIэ и министерствэм и лэжьакIуэхэр.
— Зэманым сыт хуэдэу зимыхъуэжами, цIыхум гущIэгъу хэлъу къэнэжын хуейщ, IуэхуфIхэр зэрилэжьыным хущIэкъупхъэщ, — жиIащ КъБР-м узыншагъэр хъумэнымрэ курортхэмкIэ и министр Шэт Ирмэ. — Илъэсым къриубыдэу лъы хуэныкъуэхэм я бжыгъэр мелуаным щыщIегъу Урысейм. Псом хуэмыдэу абы хуэныкъуэщ гъуэгу насыпыншагъэм хэхуахэр, онкогематологие узыфэр зыпкърыт сымаджэ хьэлъэхэр, зэрыфщIэщи, абыхэм я нэхъыбэр сабийщ. Узыншагъэр хъумэн IэнатIэр нэхъыбэрэ зыIууэ гугъуехьхэм ящыщщ сымаджэщхэр зрикъуну лъыкIэ нэсу къызэгъэпэща зэрымыхъур. А Iуэхугъуэм куэдкIэ елъытащ и чэзум фIагъ лъагэ зиIэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэ сымаджэм игъуэтыныр. Лъы иткIэрэ, дэтхэнэ цIыху узыншэми зыкIи къытемыхьэлъэу хузэфIэкIынущ сымаджэм и гъащIэм къыпищэн.
Мы мазэм Лъы щат мобильнэ центрхэр Шэджэм, Аруан, Май куейхэм щылэжьащ. Апхуэдэу районхэм кIуэурэ лъы къыхашыныр мы илъэсыр зэрыщIидзэрэ иджы еянэ къызэрагъэпэщ. Лъы тыным мыхьэнэшхуэ зэриIэр къызыгурыIуэ цIыху гущIэгъулыхэм я фIыгъэкIэ, республикэм лъыр зэрызэхэлъ Iыхьэхэм (плазмэ) щыщу гъэтIылъыгъэу зы тоннрэ ныкъуэрэ иIэщ.
Лъы щат республикэ станцым и лэжьакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, я IуэхущIапIэр иджырей IэмэпсымэхэмкIэ къызэгъэпэщащ. Абы и фIыгъэкIэ, лъы щатам и етIуанэ махуэм абыхэм яхузэфIокI абы и щытыкIэр нэсу къапщытэну. Апхуэдэу щытми, а лъыр къыщыбгъэсэбэпыфынур илъэс ныкъуэ дэкIа нэужьщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ апхуэдиз пIалъэ хуейщ гепатит С-р къэпхутэным.
Нэхъыщхьэращи, сытым дежи лъы гъэтIылъыгъэ щыIэн хуейщ. Абы папщIэ цIыхухэм къагурыIуапхъэщ сымаджэм и гъащIэр къебгъэлын щхьэкIэ, лъы хыумыкIэмэ, нэгъуэщI IэмалкIэ абы дэIэпыкъуэгъу ухуэмыхъуфу куэдрэ къызэрыхъур.
ЩхьэщэмыщI Изэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "27229.txt"
} |
Бзылъхугъэ гуащIафIэ
Налшык ЩэнхабзэмкIэ и фондым зэхыхьэ гуапэ щекIуэкIащ. Ар теухуауэ щытащ Къэнэмэт Марие концертмейстеру зэрылажьэрэ илъэс 50 зэрырикъум. Пшыхьыр иригъэкIуэкIащ ГъуазджэхэмкIэ сабий школ №1-м и унафэщIым и къуэдзэ Котовская Ася.
Зэхыхьэр къызэрагъэпэщащ «ЗыгъэпсэхупIэ парк» IуэхущIапIэмрэ Налшык къалэ администрацэм щэнхабзэмкIэ и управленэмрэ.
НыбжьыщIэ театрым и режиссер Нало Аскэр зэхуэсахэм усэ къахуеджащ. Къэнэмэт Марие и псалъэм къыхигъэщащ къызыхэкIа Табыхъухэ пщIэ зиIэ лъэпкъыжьу зэрыщытыр, пшынауэ Iэзэу къэгъуэгурыкIуэ и адэ шыпхъухэр IэщIагъэ къыщыхихым гъуазэ зэрыхуэхъуар, иджыри абыхэм щапхъэ зэратрихыр.
ЗыгъэпсэхупIэ паркым и унафэщIым и къуэдзэ Ульбашев Хъызыр жиIащ республикэм и щэнхабзэм зегъэужьыным Марие хэлъхьэныгъэфI зэрыхуищIар, и IэщIагъэм гу къабзэрэ псэ хьэлэлкIэ зэрыпэрытар, ныбжьыщIэ куэд гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ зэрыхуигъэсар.
«Къуршхэм я бынхэр» сабий ансамблым и художественнэ унафэщI Кушмэзокъуэ Рафаиль илъэс куэдкIэ зыдэлэжьа Марие зэрыцIыху гуащIафIэм тепсэлъыхьа нэужь, ехъуэхъуащ узыншагъэрэ гуфIэгъуэрэ щымыщIэну, гъащIэ кIыхь хъуну.
Марие иригъэджа икIи илъэс 20-кIэ къыдэлэжьа Къардэн Лерэ жиIащ бгырыс бзылъхугъэ гуащIафIэм и щапхъэ нэсу ар дунейм зэрытетыр, псалъэ гуапэ куэд зэрыхуэфащэр, абы и гъэсэн зыбжанэ и лъагъуэм зэрырикIуэжар, район, щIыналъэ зэпеуэхэм нэхъыбэжи зэрыщытекIуар.
Апхуэдэу Къэнэмэт Марие и гъэсэнхэм я адэ-анэхэми фIыщIэ ин хуащIащ бзылъхугъэм, я бынхэр гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ зэрыхуригъэджам папщIэ.
Налшык къалэ администрацэм щэнхабзэмкIэ и къудамэм и унафэщI Токъуий Мадинэ Къэнэмэтым гуапэу ехъуэхъуа нэужь, я IуэхущIапIэм и щIыхь тхылъ иритащ.
Пшыхьыр ягъэдэхащ КъБР-м и цIыхубэ артисткэ Бесчокъуэ Майе, дунейпсо зэпеуэхэм я лауреат Тенджыз Къантемыр, гъуазджэхэмкIэ школым щеджэхэу Хъуромэ Алинэ, Сойкувет Роксанэ, Ингуш Республикэм щIыхь зиIэ и артист Жашуев Башир сымэ, музыкэ школ №2-м и «Къуршхэм я бынхэр» сабий ансамблым.
БжьыхьэлI Розэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "27233.txt"
} |
Псэм щыщ IыхьэкIэ къыддогуашэ
КъБР-м и цIыхубэ художник, Аккизовэ Сиярэ и ныбжьыр илъэс бжыгъэ дахэ зэрырикъуам и щIыхькIэ абы и лэжьыгъэхэм я гъэлъэгъуэныгъэ СурэтыщI гъуазджэмкIэ музейм утыку къыщрахьащ. Абы и унафэщI Жантудуевэ Елизаветэ зэIущIэр къызэIуихыу щIызэхуэсам псалъэ гуапэхэр хужиIа иужь, япэу микрофоныр иратащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къуэдзэ Карчаевэ Аминэ.
— Лэжьыгъэу 40-м щIигъу фIэлъщ музейм и пэшищми, дэтхэнэ зыми деж укъыщыувыIэурэ дакъикъэ бжыгъэкIэ убгъэдэтыфынущ дунейр пщыгъупщауэ, — жиIащ абы.
КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Темыркъан Геннадий и хъуэхъу псалъэхэм щIыгъуу къеджащ зи унафэщI IуэхущIапIэм къыбгъэдэкI щIыхь тхылъым итхэм, УФ-м и Художникхэм я союзым и секретариатымрэ ди республикэм и цIыхубэ сурэтыщI КIыщ Мухьэдинрэ къагъэхьахэм.
Аккизовэ Сиярэ и творчествэр ар къыщалъхуа Дагъыстэн Республикэм зэрыщащIэр, а щIыналъэм илъэс куэд щIауэ щымыпсэуми, и «цIыху цIыкIуу» къызэрынар, фIыуэ къызэралъагъур жаIащ Дагъыстэным и лIыкIуэу зэпымыууэ КъБР-м щыIэ Шамсиев Нариманрэ абы и япэ къуэдзэ Сурайханов Ибрэхьимрэ.
Ди сурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм жэуап зыхь и секретарь Сындыку Нелли сыт щыгъуи хуэдэу дахэу, купщIафIэу къэпсэлъащ. Псом нэхърэ нэхъыщхьэу абы къыхигъэщащ тлъагъу лэжьыгъэ псори Сиярэ и мастерскойм зэрыщихъумэр, ахэр Iисраф мыхъу щIыкIэ музейм и гъэтIылъыгъэхэм хагъэхьатэмэ зэрынэхъыфIыр.
Хъуэхъуми щытхъуми ущIыщысхьын щыIэкъым къэзылэжьым папщIэ. Арат псэлъапIэр хуит зыхуащIхэм ягуми я псэми къабгъэдэкIыу Сиярэ зыщIыхуагъазэр, и зэчийр, и зэпIэзэрытыгъэмрэ цIыхуфIагъымрэ дэтхэнэ зыми къыщIыхигъэщыр. Апхуэдэу гъэлъэгъуэныгъэр къыщызэIуахым къэпсэлъащ КъБР-м и Парламентым и лIыкIуэ Хьэщхъуэжь Татьянэ, щэнхабзэмкIэ министру илъэс куэдкIэ лэжьа нэхъыжьыфI Ефэнды Джылахъстэн, ЦIыхубзхэм я Налшык къалэ зэгухьэныгъэм и гуащэ Дыджэш Лидэ сымэ. И анэми езыми къабгъэдэкIыу псоми фIыщIэ яхуищIащ Сиярэ ипхъу Имарэ.
Нэр топлъызэ Аккизовэ Сиярэ и IэдакъэщIэкIхэм. Плъыфэхэр екIуу зэрызэхилъхьэм, гъащIэм къыпих нэжэгужагъэмрэ абыхэм языныкъуэхэм деж къадэкIуэ нэщхъеягъуэмрэ щызэхэухуэна лэжьыгъэхэм къапкърыкIыр абдеж къыщыувыIэркъым. Ахэр нэхум, хуабэм я къежьапIэщ, нэрылъагъум деж къыщымынэу, псэм зыхищIэ дахагъэкIи къулейщ. Сурэтхэм я фIэщыгъэхэм къагъэлъагъуэ абыхэм къыщыIэта гупсысэр зэрыгъунапкъэншэр: «Танэ гъуэжь», «ЩIэдзапIэ», «Сонетхэр», «Элегие», «Пщэдджыжь», «ДжэгукIэ», «Хъыринэ», «ЛъэкъуампIэхэр», «ХъыбарыщIэ», «Бдзэжьеишхуэ», «Щхьэгъубжэ»…
ЗэIущIэм и кIэухыу Аккизовэ Сиярэ и махуэр къыдэзыгъэлъэпIахэм ехъуэхъуащ, къыщалъхуа республикэмрэ псэупIэ хуэхъуа щIыналъэмрэ я цIыхубэм щхьэкIэ зэрылажьэр къыхигъэщащ.
ИСТЭПАН Залинэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "27235.txt"
} |
«Зауэм и щIэблэр» нобэ гулъытэншэщ
Щхьэр яхуэдгъэщхъыу пщIэ яхудощI Хэку зауэшхуэм хэтахэм, хэкIуэдахэм, ныкъуэдыкъуэ щыхъуахэм, зэхэуэ гуащIэхэр зи нэгу щIэкIа ветеранхэм, я къару емыблэжу тылым щылэжьа псоми. Къэралым и Iэтащхьэхэми ахэр дамыгъэ лъапIэхэмкIэ ягъэпажэ, псалъэ гуапэхэр жраIэ. Ар хъарзынэщ, абыхэм апхуэдэ пщIэр къалэжьащ икIи захуагъэщ. Ауэ гугъуехьышхуэкIэ ТекIуэныгъэр къытхуэзыхьа, зи сабиигъуэр а зауэшхуэм хиубыдэу дуней дахэм къыщымыхъуа, цIыкIуу щIадзэу балигъ IэнатIэхэр езыхьэкIын хуей хъуа, зи дуней Iыхьэр егъэзыхыгъуэ защIэу жьы хъужахэр ди къэралым гулъытэншэ щIищIар, уеблэмэ щIызыщигъэгъупщэжыпар гурыIуэгъуэкъым.
Щэуей Мидэ Ди нэхъыжьыфIхэу зи сабиигъуэр блэкIа лIэщIыгъуэм и 30 — 40 гъэхэм техуахэм къагъэщIар зэман дыджщ. ЦIыкIуу щIадзэу ягъэвакъэ абыхэм гъейр, ягъэунэхуакъэ мэжэщIалIагъэр, колхозхэр зэфIэгъэувэжыным пыщIа хьэзабхэр, уаер, шэкъэуэжхэр, зеиншагъэр? Еджэну Iэмал гуэр къащыхукъуэкIми, дигу къэдвгъэгъэкIыжыт ахэр здэкIуа школхэр къэплъу зэрыщымытар, тхылърэ дэфтэррэ ягъуэту къызэремыкIуэкIар. Iэпщэ къару зыхэлъхьэн хуей балигъ лэжьыгъэ гугъу дыдэмрэ еджэнымрэ зэдахьу щытащ абыхэм. Куэд ягъэващ зауэм и щIэблэм, ауэ я адэ хэкум хуаIэ лъагъуныгъэр зэи къэлэнджакъым, ахэр гъунапкъэншэу дихьэхырт нэхъ Iуэху иныжхэм. ЩIэныгъэ зэгъэгъуэтынрати, пхуэмыIуэтэным хуэдизу итхьэкъуат. А щIэблэ псэемыблэжым ящыщ куэдым лэжьыгъэ мытыншри еджэныгъэ гугъури зэдахь защIэурэ щIэныгъэм и лъагапIэ ин дыдэхэм нэсыфащ, щIым щыщ ящIа заводхэр, фабрикэхэр, къалэхэр, къуажэхэр щIэрыщIэу къызэфIагъэувэжынри, нэхъ дахэжу къагъэщIэрэщIэжынри яхузэфIэкIащ.
Мис апхуэдэ зэман гугъум халъхуа щIэблэрщ дэ ди промышленностым и лъэныкъуэ псори зэфIэзыгъэувэу ди хэкур лъэщ икIи быдэ, бийр зыфIэлIыкI, щIэныгъэм, гъуазджэм, спортым щыпэрыт зыщIар. Апхуэдэу ди республикэ цIыкIури лъэныкъуэ псомкIи узэщIа, унэтIа хъуат а зэманым. Абы и щыхьэт узыфIэмыкIыжынщ Къэбэрдей Балъкъэрым къыхуагъэфаща орденхэр. Зауэм и щIэблэм я гуащIэрщ псэукIэкIэ цIыхубэр къызэзыгъэпэщыжар. Ахэр щIэпсэуари зыхуэпсэуари къэкIуэну зэманырщ. Яхэлътэкъым абыхэм щхьэхуещагъэ. Пэжагъэр я хьэлым ебэкIырт.
Чэзур къэсурэ ахэр зэкIэлъхьэужьу пенсэм кIуащ. Япэ итахэм я Iуэхур Iеякъым, ауэ иужькIэ къэралыр зыкъутэжахэм гулъытэ гуэри лъагъэсакъым тхьэмыщкIагъэшхуэхэмрэ гугъуехь мыкIуэщIыжхэмрэ зыгъэвахэм. Пенсэр зэрагъэпэщын папщIэ зи дэфтэрхэр зымыгъуэтыжахэри мащIэкъым, зыIута IэнатIэхэр зэрызэхуащIыжам къыхэкIыу. ИкIи хэкур апхуэдизу зыхуэныкъуэу щытахэр лей дыдэ хъуащ. Уеблэмэ хэкум щекIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэр удын бзаджэу зытехуэхэм я гъащIэр кIэщI ищIри, куэд дыди бампIэмрэ гуузымрэ яхьыжащ. АтIэ гутехуэгъуафIэт — уи гъащIэр, уи пщIэнтIэпсыр зыхэплъхьа завод пщIы бжыгъэхэр зэрызэхадыгъуэжымрэ зэрагъэщэщэжымрэ укIэлъыплъыныр, лэжьапIэншэу къэна я бынхэр къалэ жыжьэхэм я щхьэр щызэрахьэу зэрызэбгрыкIыр уи нэгу щIэкIыныр. Абы къыщымынэжу, дэ къыдэхъуапсэу псэуа къэралхэм я хьэпшып мыфэмыцхэм я мылъкур халъхьарэ, щIэблэкIэ дызыщыгугъ нысащIэхэм я гъащIэр щхьэхуимыту бэзэрхэм щахьу плъагъуныр.
ЗэхъуэкIыныгъэ мышуухэм я зэранкIэ, дызыщымыгъуазэ инфляцэм сомыр пуд ищI зэпытщи, пенсэу ягъэувахэр дыхьэшхэну мащIэ хъуащ. ХьэIупс ящIа совет властым и кIэпIейкIэ 69-м зы доллар къыщIэкIырт а зэманым, щай закъуэкIэ мы къалэм и бгъуагъи и кIыхьагъи зэлъэбгъэIэсыфынут, кIэпIейкIэ 16-кIэ щIакхъуэ тэмэм къэпщэхуфынут…
Сыт иджыпсту зи уасэр хэмыхъуэр, зи фIагъыр емыхуэхыр? Хьэмбрэбову дунейм темыхуэж шхынхэм къэуат ящIэлъыжкъым жыпIэныр мащIэщ, языныкъуэхэм узыгъэлIэни яхэтщ. А псоми цIыхум и пщIэр ираудых.
Япэм уэркъ хабзэ жаIэмэ, хабзэр ткIийуэ зехьэн зэрыхуейр къикIырт. Иджы сэ сыуэркъщ жызыIэхэр куэд хъуащ, ауэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, абыхэм я нэщэнэр сыт хуэдэ хабзэри къутэнырщ.
Зауэм и щIэблэм хуэтщI гулъытэр къэIэтын хуейщ. ЕкIукъым ахэр мэжэлIэныр, пIыщIэныр. Дэ дыадыгэщ, ди адыгагъэми къемызэгъщ ди нэр апхуэдэхэм яхуэдуфIыцIыныр. Ауэ щыхъукIэ, а зауэ дыдэр зыгъэва Германием, Украинэм, нэгъуэщI къэралхэми куэд щIауэ «зауэм и щIэблэм» яхуэфэщэн гулъытэрэ нэмысрэ хуащI. АтIэ щхьэ дэ деплъурэ гугъу едгъэхьын хуей а къытхуэнэжа ди нэхъыжь тIэкIухэр?
«Зауэм и щIэблэм» ягъэва бэлыхьхэмрэ гугъуехьхэмрэ къарууншэ ищIащи, мыхъужын дыркъуэу абыхэм къатехуам яхухэдвмыгъэгъахъуэ. Дывгъэхъумэ абыхэм я псэр, къэдвмыгъэхь я гуэныхь.
иджыпсту унафэр зи IэмыщIэ илъхэм гу быдагъэр къатемыкIуэну дащогугъ. Ди Парламентым хэт депутатхэм «Ветеранхэм ятеухуауэ» Федеральнэ законым и 2-нэ, 20-нэ статьяхэм хэплъэжу, ди нэхъыжьыфIхэм «Зауэм и щIэблэ» статус тэмэм иратыжыну. Абы хеубыдэ 1928 гъэм мэкъуауэгъуэм и 22-м къыщыщIэдзауэ 1945 гъэм ТекIуэныгъэм и махуэм нэсыху къалъхуахэр. Ди фIэщ мэхъу унафэщIхэм дызэрызэхащIыкIынур.
Щэуей Мидэ,
«Зауэм и щIэблэ» урысейпсо жылагъуэ
зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и правленэм и унафэщI.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "27239.txt"
} |
Нэгуэр Айданэрэ Тхьэгъэлэдж Баширрэ япэ йощ
Илъэс 21-рэ иримыкъуа щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ зыхэта, Европэм и Кубокыр дзюдомкIэ къэхьынымкIэ зэхьэзэхуэ Санкт-Петербург щекIуэкIащ. Абы ехъулIэныгъэ щызыIэрызыгъэхьахэр мы гъэм и гъэмахуэмрэ бжьыхьэмрэ дуней псом, Европэм пашэныгъэ къыщыхьынымкIэ зэхьэзэхуэхэм кIуэнущ.
Зэпеуэшхуэм кърихьэлIащ дуней псом и командэ лъэщу 22-рэ, дзюдор щыцIэрыIуэ къэралхэу Японием, Бразилием, Франджым, Германием я спортсмен 400.
Урысейм и гуп къыхэхам хэту Къэбэрдей Балъкъэрым и щIыхьыр абы щахъумащ ди спортсмени 4-м. Килограмм 78-м щIигъу Нэгуэр Айданэ кIэух зэIущIэм хьэрхуэрэгъу къыщыхуэхъуа, Японием и дзюдоист лъэщ Акеми Хашимотэ хигъащIэри, япэ увыпIэр зыIэригъэхьащ. Килограмм 73-рэ зи хьэлъагъ Тхьэгъэлэдж Башир Армением и лIыкIуэ Саркисян Артур текIуэныгъэр къыфIихьащ. Килограмми 100 хъу Хъурсинэ Залымхъан жэз медалыр зыIэригъэхьащ.
Килограмм 81-рэ зи хьэлъагъ Тхьэгъэлэдж Залым зэпеуэм техникэфI къыщигъэлъэгъуа пэтми, зэкIэ нэгъуэщI ехъулIэныгъэ зыIэригъэхьэфакъым.
Гъэунэ Светланэ,
КъБР-м Спортымрэ
туризмэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм
и лэжьакIуэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "27242.txt"
} |
ЛIыхъужьхэр зэи ящыгъупщэнукъым
Къэбэрдей-Балъкъэрым къэкIуащ Абхъаз Республикэм и Гагрэ къалэм щыщ еджакIуэ цIыкIухэмрэ абыхэм я егъэджакIуэхэмрэ. Куржы-Абхъаз зауэм щыгъуэ (1992 — 1993 гъгъ.) Гагрэ къалэр бийм къаIэщIэзыгъэкIыжу хэкIуэда адыгэ щIалэхэм я унагъуэхэм щыIащ ахэр.
Япэ щIыкIэ Абхъазым и утым пэкIу щрагъэкIуэкIащ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу зауэм хэкIуэда щIалэхэр ягу къагъэкIыжу. Мамырыгъэм щIэзэуахэм я фэеплъым удз гъэгъахэр тралъхьащ.
КъБР-м цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин жиIащ я къежьапIэр, лъэпкъ тхыдэр щIэблэм ящIэн, лIыхъужьхэм я фэеплъыр зыщамыгъэгъупщэу псэун зэрыхуейр.
— Куржы-абхъаз зэпэщIэтыныгъэр зэриухрэ илъэс 20 зэрырикъумкIэ сынывохъуэхъу. ДяпэкIэ зауэ фымылъагъуу, фефIакIуэу Тхьэм фигъэпсэу, — жиIащ Къумахуэм.
Абхъазым и ЛIыхъужь, а республикэм зыхъумэжыныгъэмкIэ и министру щыта генерал-лейтенант Сосналы СулътIан и щхьэгъусэ Любовь къыхигъэщащ къуэш республикэм къыщхьэщыжыну жэрдэм зыщIа ди щIалэхэм я гъащIэм щымысхьу мамырыгъэм зэрыщIатар.
— Зауэ нэужьым къалъхуа, зи гур зэIуха сабийхэм фоч уэ макъ зэи зэхэвмыхыну Тхьэм жиIэ! Мамырыгъэ, насып, ехъулIэныгъэ фи куэдыну сынывохъуэхъу, — жиIащ Сосналы Любовь.
Зэрахьа лIыгъэмрэ къагъэлъэгъуа хахуагъэмрэ папщIэ Леон орденыр зыхуагъэфэщахэу Науржан Ибрэхьим (Налшык къалэ), Къаныкъуэ Нурхьэлий (Дыгулыбгъуей къуажэ), Алъхъэс Хьэсэн (Нарткъалэ) сымэ я цIэхэр зытет жэз гъэжахэр Гагрэ къалэ администрацэм и жэрдэмкIэ ягъэхьэзыращ. ЛIыхъужьхэр щыпсэуа унэхэм ныбжьыщIэхэр чэзууэ кIуэурэ ахэр ираIулIащ.
Науржан Ибрэхьим и ныбжьэгъу, зауэм хэта, Абхъазым и ЛIыхъужь Мэрзей Аслъэнбэч къыхигъэщащ щIалэхэм апхуэдэ лIыгъэрэ хахуагъэрэ къазэрылъыкъуэкIар я адэ-анэхэм зэрафIыщIэр, ныбжьыщIэхэр Абхъазым къызэрикIамрэ я щхьэхуитыныгъэм щIэбэну хэкIуэдахэр зэращымыгъупщэмрэ гуапэ зэрыщыхъуар.
Сабийхэр щеджэр 1-нэ курыт еджапIэу Гагрэ дэтращ, и унафэщIыр Мукбэ Татьянэщ. Абы зэрыжиIамкIэ, еджапIэм щIэсхэм музей къызэIуахынущ, я къалэр бийм къезыгъэла зауэлIхэм хухэхауэ. Абы щIалъхьэнущ, псалъэм папщIэ, Дыгулыбгъуей щыщ, илъэс 14 зи ныбжь Къаныкъуэ Илианэ и адэ къуэш Къаныкъуэ Нурхьэлий теухуауэ игъэхьэзыра буклетыр.
Абхъазым къикIахэр ягъэхьэщIащ Бахъсэн къалэ, Аруан район администрацэхэм я лэжьакIуэхэм. Гупыр Сосналы СулътIан и кхъащхьэм кIуэри, удз гъэгъахэр тралъхьащ. «Горянка» газетым и редактор нэхъыщхьэ, усакIуэ, «Жан» республикэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Къаныкъуэ Заринэ абыхэм зыщригъэплъыхьащ дэрбзэр Сэралъп Мадинэ и арт-центрым.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Сурэтыр МАМИЙ Руслан трихащ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "27244.txt"
} |
Лъэпкъыр зэкъуэзыгъэувэ
Адыгэ ныпым и махуэр дыгъуасэ щагъэлъэпIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым. Абхъазым и утым щызэхуэсат нэхъыжьхэр, адыгэ фащэ екIу зыщыгъ щIалэгъуалэр, махуэшхуэр зейхэм дагъэлъэпIэну зыкърезыгъэхьэлIахэу «Урысей зэкъуэтым и щIэблэ» зэгухьэныгъэм и республикэ къудамэм и лIыкIуэхэр.
Адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я зэзыгъэуIу советым и унафэщI Къалмыкъ Жылэбий жиIащ мы махуэшхуэр щIалэгъуалэм нэхъ зэрызыхащIэм зэрыригушхуэр, Iуэхур нэхъыжьхэми зэрыдаIыгъыр. Адыгэ ныпым и тхыдэмрэ и мыхьэнэмрэ щытепсэлъыхьым, абы къыхигъэщащ 2000 гъэм Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ комитетым мэлыжьыхьым и 25-р Адыгэ ныпым и махуэу зэригъэувар, ар лъэпкъ зэкъуэтыныгъэм зэридамыгъэр, 2010 гъэм щыщIэдзауи зэрагъэлъапIэр.
— Зэхыхьэм кърихьэлIахэм фIыщIэ фхузощI. ЩIыналъэм ехъулIэныгъэ, зыужьыныгъэ иIэну, мамыру дыпсэуну Тхьэм жиIэ! – захуигъэзащ Жылэбий къызэхуэсахэм.
Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и псалъэм къыхигъэщащ адыгэ ныпыр и теплъэмкIэ нэгъуэщI куэдым зэрефIэкIыр, шылэ щэкIым къыхэщIыкIа нып щхъуантIэр мамырыгъэм зэридамыгъэр. Абы тет вагъуэ 12-р адыгэ лъэпкъхэм зэрабжыгъэр, я щхьэхуитыныгъэм щIэбэну къызэрекIуэкIар шабзищ зэблэдзам къызэрагъэлъагъуэр зэхуэсахэм ягу къигъэкIыжа нэужь, Адыгэ бэракъым и махуэмкIэ абыхэм гуапэу ехъуэхъуащ, ар зыгъэлъэпIэн щIэблэ лъэпкъыр щымыщIэну, дунейр мамырыну, цIыхухэр узыншэну зэригуапэр къыхигъэщу.
Республикэм и куейхэм машинэкIэ кIуэну щIалэгъуалэр хабзэ яхэлъу гъуэгум тетыну яущийщ, узыншэу къекIуэлIэжыну абыхэм ехъуэхъури, нэхъыжьхэм ирагъэжьащ.
Адыгэ ныпыр зыщхьэщыхуарзэ машинэ псынщIэу 50-м нэблагъэм щIалэгъуалэр итIысхьэри, Бахъсэн, Прохладнэ, Тэрч, Нарткъалэ щIыналъэхэм кIуэну гъуэгу техьащ. Адыгэ ныпым и махуэр гъэлъэпIэным теухуа акцэм хэтахэр пщыхьэщхьэм Налшык Абхъазым и утым къекIуэлIэжащ, республикэм и къалэхэмрэ къуажэхэмрэ гъусэ къащыхуэхъуахэр ящIыгъуу. Пщыхьэщхьэм утым джэгу гукъинэж щрагъэкIуэкIащ.
Адыгэ ныпым и махуэр Адыгэ, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм, ди лъэпкъэгъухэр щыпсэу нэгъуэщI щIыналъэхэм щагъэлъэпIащ.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Сурэтыр МАМИЙ Руслан трихащ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "27247.txt"
} |
Нобэ
Радиацэм и зэранкIэ дунейм ехыжахэм я фэеплъ махуэщ
1986 гъэм Чернобыль атом электростанцыр къэуащ.
1991 гъэм «Лей зытехьа лъэпкъхэр гъэзэхуэжыным и IуэхукIэ» УФ-м и Закон къащтащ.
Адыгэ Республикэм и политикэ лэжьакIуэ, театровед, журналист, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Щхьэлахъуэ Светланэ къыщалъхуа махуэщ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 16 — 18, жэщым градус 12 — 13 щыхъунущ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "27250.txt"
} |
Министрхэр Налшык щызэхуос
Лэжьыгъэ IуэхукIэ зы махуэкIэ щыIэну нобэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэкIуащ Урысей Федерацэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Скворцовэ Вероникэ.
2020 гъэм нэсыху IэнатIэм зэрызиужьыну къэрал программэм и проектыр пхагъэкIын папщIэ абы Налшык къыщызэхуишэсащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым хыхьэ щIыналъэхэм узыншагъэр хъумэнымкIэ я министрхэр.
ЗэIущIэр «Синдика» хьэщIэщым щокIуэкI. Абы къыщызэрагъэпэщащ «Севкаврентген-Д» рентген аппаратурэр къыщIэзыгъэкI заводым и продукцэм и выставкэр. УФ-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министрыр апхуэдэу нобэ перинатальнэ центрым, сабий унэм кIуэну, он- кологие, перинатальнэ центрхэр зэращIым еплъыну и мурадщ.
Щомахуэ Лилэ,
КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымрэ курортхэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "27253.txt"
} |
Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэ инвестицэ щытыкIэм иужьрей илъэсым зихъуэжа?
«Эксперт Юг» журналым и корреспондентхэм кърата а упщIэм и жэуапу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен жиIащ:
— «Эксперт РА» агентствэм КъБР-р мы гъэм зы увыпIэкIэ иригъэлъэхъшэхащ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, зэхъуэкIыныгъэ щымыIэу къэплъытэ хъунущ. Апхуэдэу щыт пэтми, ипэжыпIэкIэ блэкIа илъэсым кърикIуахэр къапщтэмэ, къэгъэлъэгъуапхъэщ инвестицэ лэжьыгъэр нэхъ жыджэру екIуэкIыу зэрыхуежьар. Урысей Федерацэм и къэрал шэсыпIэ зратхэм хигъэхьэн папщIэ, федеральнэ правительствэм диIыгъащ КъБР-м и проект нэхъ инхэм ящыщу плIы. Абыхэм ящыщ зым — «Севкаврентген-Д» компанием бжыгъэхэр зи лъабжьэ рентген техникэу медицинэм и IэнатIэм къыщагъэсэбэпынухэр къыщыщIэгъэкIыным теухуам — хуэгъэза къэрал шэсыпIэр пхагъэкIащ. Гъэ кIуам и щэкIуэгъуэм Къэрал щIыб экономикэ банкыр арэзы техъуащ «Юг-Агро» компанием джэдкъаз комплекс ин ищIын папщIэ сом меларди 3,68-рэ къыхуиутIыпщыну. Апхуэдэу нэгъуэщI проект ин зыбжани ахъшэкIэ къызэгъэпэщыным теухуа зэпсэлъэныгъэхэр ирагъэкIуэкI.
Республикэм тэмэму щызэтеуващ мэкъумэш продукцэ къыщIэгъэкIыныр. И бжыгъэкIэ къапщтэмэ, ар нэгъабэ и закъуэ проценти 109-м нэсащ. Иджыпсту ди щIыналъэм и мэкъумэшыщIэхэр йолэжь кърахьэлIэ продукцэр хуэдэ зыбжанэкIэ зыгъэбэгъуэфыну иджырей технологиехэр зэтегъэувэным. А псоми къадэкIуэу, Къэбэрдей-Балъкъэрым жыджэру щолэжь туризмэм и инфраструктурэ къызэгъэпэщыным. Абы хиубыдэу турист-рекреацэ теплъэ зиIэ экономикэ щIыналъэ хэхауэ щы зэтрагъэувэну я мурадщ.
«Эксперт Юг» журнал, №№15-16, 2013 гъэм мэлыжьыхьым и 22-м.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "27256.txt"
} |
Къанокъуэ Арсен: Фи IэщIагъэмкIэ зыри зэрызытевмыгъэкIуэным фыхущIэкъу
КъБР-м и лIыкIуэу УФ-м и Президентым и деж зэпымыууэ щыIэм и IуэхущIапIэу Москва дэтым Къанокъуэ Арсен вэсэмахуэ щаIущIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым икIауэ хэкум и къалащхьэм дэт вузхэм щеджэ щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ.
КъБР-м и Iэтащхьэр студентхэм яIущIащ я Iуэху зыIутыр, я еджэкIэр зригъэщIэн, республикэм и щIыбкIэ щыщыIэ зэманым ахэр къызыхэкIа лъэпкъымрэ зыщыщ щIыналъэмрэ яхуэфащэу щытын зэрыхуейр ягу къигъэкIыжын папщIэ. Апхуэдэ псалъэхэр щIалэгъуалэм гуапэ ящыхъуащ икIи быдэу жаIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр зэримыгъэлъэхъшэным дэтхэнэри зэрыхущIэкъур. Къалащхьэм щеджэ ди щIалэгъуалэм куэд яхэтщ предмет щхьэхуэхэмкIэ олимпиадэхэм, зэпеуэ, спорт зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэхэм щытекIуауэ.
Къанокъуэ Арсен и псалъэ. Къызэхуэсахэм я лъэIукIэ Къанокъуэ Арсен тепсэлъыхьыжащ езым и студент гъащIэм икIи къыхигъэщхьэхукIащ «Плехановкэм» (иджыпсту Плеханов Г. В. и цIэр зезыхьэ Урысей экономикэ университетщ) щыщIэса, дзэм къулыкъу щыщищIа зэманыр фIыкIэ игу къызэрыкIыжыр. Республикэм и Iэтащхьэм щIалэгъуалэм чэнджэщ яритащ щеджэ зэманыр Iэмал зэриIэкIэ нэхъ купщIафIэу къагъэсэбэпыну: «Фэ фщыщ дэтхэнэ зыри проект пыухыкIащ, апхуэдэу щыщыткIэ, а проектыр тэмэму зэрыпхыкIыным фыхущIэкъу. Мурад тэмэмхэр зыхуэвгъэувыж икIи къыхэфха IэщIагъэмкIэ зыри къызэрыфлъэщIэмыхьэным фыхущIэкъу».
«Плехановкэм» щеджэ Щоджэн Астемыр республикэм зэрызиужьынум теухуауэ кърита упщIэм и жэуапу Къанокъуэ Арсен тепсэлъыхьащ КъБР-м щагъэзэщIэну проект нэхъ инхэм — промышленностымрэ турист-рекреацэ IэнатIэмрэ яхуэгъэза экономикэ щIыналъэ хэхахэр зэрызэтрагъэувэнум. Промышленнэ щIыналъэ хэхам хиубыдэу къызэрагъэпэщыну агроиндустриальнэ паркым полимер пкъыгъуэхэмрэ аграрнэ промышленностымрэ я кластер щхьэхуэурэ зэпыщIауэ щытыну IэнатIэ 18 щызэтрагъэувэнущ. Абы лэжьапIэ IэнатIэщIэу мини 10-м щIигъу къыщызэIуахынущ. Адрей проектыр — «Эльбрус — Безенги» турист-рекреацэ экономикэ щIыналъэ хэхар муниципальнэ району плIым щыIэнущ. Абы къыщызэIуахынущ дунейпсо мардэхэм къитIасэ, махуэ къэс цIыху мин 35-рэ езыгъэблэгъэфыну курорт лъэщ. Абы хиубыдэу кIапсэ гъуэгуу 70, лыжэкIэ къыщажыхьыну гъуэгуу километр 300-м щIигъу ящIынущ. Мы проектым ипкъ иткIэ, лэжьапIэ IэнатIэщIэу минхэр къызэIуахынущ.
Республикэм и Iэтащхьэм зэрыжиIамкIэ, КъБР-р зэпIэзэрыту зыужьыным и гъуэгум тоувэ икIи дяпэкIэ ар хуэныкъуэнущ IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэм. «Дэтхэнэ зы щIалэми республикэм и къэкIуэнумкIэ жэуап зэрихьыр зыхищIэу, къызыхэкIа лъэпкъым хуэпэжу щытын хуейщ. Иджырей щIэблэм я къалэнщ ди лъэпкъхэм япэкIэ къахьа ехъулIэныгъэхэм пащэну», — къыхигъэщхьэхукIащ Къанокъуэ Арсен.
Дунейпсо зэхущытыкIэхэмкIэ къэрал институту Москва дэтым и студент Сэралъп Темболэт къыхилъхьащ республикэм и щIыбкIэ щеджэ щIалэгъуалэр зэдэлэжьэнымкIэ клуб къызэрагъэпэщыну. А Iуэхур КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэр хэплъэн папщIэ иратынущ.
Республикэм и Iэтащхьэми къыхилъхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым теухуа видеоролик нэхъыфI техыным теухуа конкурс къэралым и нэгъуэщI къалэхэм щеджэ студентхэм я деж щрагъэкIуэкIыну икIи езым и пресс-IуэхущIапIэм и пщэ ирилъхьащ а зэпеуэм теухуа положенэр игъэхьэзырыну.
Къызэхуэсахэм я цIэкIэ къэпсэлъащ Баумэн Н.Э. и цIэр зэрихьэу Москва дэт къэрал техникэ университетым и студент Кулиев Талсо. Абы республикэм и Iэтащхьэм зэIущIэ хьэлэмэт къызэрызэригъэпэщам папщIэ фIыщIэ хуищIащ икIи Къанокъуэ Арсен псори зэрыдэплъейр жиIащ.
ЗэIущIэм и кIэухым КъБР-м и Iэтащхьэр къызэхуэсахэм ехъулIэныгъэ инхэр яIэну ехъуэхъуащ икIи абыхэм дяпэкIэ нэхъ щIэх-щIэхыурэ яIущIэну зэримурадыр къыхигъэщхьэхукIащ.
КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ
я пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "27258.txt"
} |
Президентым хуэгъэза упщIэхэмрэ абыхэм къаритыжа жэуапхэмрэ
УФ-м и Президент Путин Владимир дыгъуасэ ди къэралым и цIыхухэм захуигъэзащ икIи абыхэм я упщIэхэм жэуап иритащ. Зэуэ къыхэдгъэщхьэхукIынщ упщIэу къагъэхьахэм я бжыгъэр мелуанитIым зэрыщIигъуар. Хъыбар зэхуэзыхьэс центрым зы дакъикъэм ику иту зыхуагъазэрт цIыху 3075-м. Илъэс блэкIахэми хуэдэу, ахэр тегузэвыхьырт уасэхэр зэрыдэуейм, коррупцэм нэхъри зэрызиубгъум, ЖКХ-м и щытыкIэм, н. къ.
Псом япэу къэралым и Iэтащхьэм еупщIащ блэкIа илъэсым зэфIэгъэкIа хъуахэмрэ къемыхъулIахэмкIэ.
Президентым къелъытэ лэжьыгъэ мымащIэ зэфIагъэкIауэ. АрщхьэкIэ, апхуэдэ пIалъэ кIэщIым зылъэмыIэса Iуэхухэри щыIэщ.
— Дэ къалэн гугъухэр ди пщэ дэтлъхьэжащ, ахэр гъэзэщIэныр тыншу зэрыщымытынур къыдгурыIуэу, — жиIащ Путиным. — Ахэр си къулыкъум сыщыхахыжам Iэ зытездза указхэмкIэ къэзгъэлъэгъуащ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, япэ изгъэщар псэуныгъэм егъэщIылIа Iуэхухэрщ. ЦIыхухэм я лэжьапщIэм зэпымыууэ хохъуэ, хэбгъэзыхьмэ, лэжьыгъэм къит хъерым зэрызиIэтым нэхърэ нэхъ псынщIэу. Ар къемызэгъыу къэзылъытэ IэщIагъэлIхэри зэрыщыIэм дыщыгъуазэщ. АрщхьэкIэ, дэ абы дыкъыпыкIыркъым.
Апхуэдэу къэралым и Iэтащхьэм къыхигъэбелджылыкIащ пенсэхэм я Iуэхур. 2013 гъэм абыхэм тIэунейрэ хагъэхъуащ — мазаемрэ мэлыжьыхьымрэ. Урысейм щыщIадзащ ещанэ сабий зыгъуэта унагъуэхэм мазэ къэс ахъшэ щрату. Демографие и лъэныкъуэкIэ Iуэхур щымыщIагъуэ щIыналъэхэм ар сом мини 7-м щыноблагъэ. Студентхэм я стипендиехэри нэхъыбэ хъуащ.
УпщIэхэр къэралым и щIыналъэ псоми икIащ. Псалъэм и хьэтыркIэ, илъэс куэд лъандэрэ дохутыр IэнатIэм пэрыт цIыхубзыр щIэупщIащ езыр зыщыпсэу щIыпIэм медицинэ лэжьакIуэхэм яIэрыхьэ улахуэр хуабжьу зэрымащIэр къызыхэкIым.
Путин Владимир къыхигъэщхьэхукIащ дохутырхэм егъэджакIуэхэм нэхърэ нэхъыбэ къызэралэжьыр. ЩIыналъэхэр даIыгъын папщIэ, абыхэм псори зэхэту сом мелард 40 хуаутIыпщащ. АрщхьэкIэ, улахуэхэр зэкIэ къыщамыIэта щIыпIэхэри мащIэкъым. Сыт щхьэкIэ? А упщIэм и жэуапыр къыщыдгъуэтыфынур езы щIыналъэхэрщ. Къэтхутэн хуейщ а ахъшэр зыхуаутIыпщахэм иджыри къэс щIаIэрымыхьам и щхьэусыгъуэр. Ахэр нэгъуэщI IуэхукIэ къагъэсэбэпамэ, къуаншэхэм ткIийуэ ябгъэдыхьэн хуейщ.
Белгород къалэм щыпсэу Захарченкэ Павел Путин Владимир и деж къыщищIэну хуейщ: абы къилъытэрэ Правительствэр и къалэнхэм пэлъэщу? Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ министр Ливановыр щхьэ и IэнатIэм IуамыгъэкIрэ?
Къэралым и Iэтащхьэм и псалъэхэм ятепщIыхьмэ, Правительствэм и къарур къигъэлъэгъуэну иджыри пасэIуэщ: ар къызэрызэрагъэпэщрэ илъэсым нэблэгъа къудейщ.
Путин Владимир жэуап къритащ коррупцэм хуэгъэза упщIэми. ЗыхъумэжыныгъэмкIэ министру щыта Сердюков Анатолийрэ абы и блыгущIэтхэмрэ щхьэ жэуапым ирамышалIэрэ? Ахэр зэрыкъуаншэр белджылы къащIакъэ?
Урысей Федерацэм и УнафэщIым мы Iуэхум зригъэубгъуакъым. ЖиIа къудейщ: мылъку зэзылъэфэлIахэр жэуапым езышэлIэну хуитыр судым и закъуэщ. Ауэ захуэкъым «Оборонсервис»-м теухуа Iуэхур щIауфауэ е ягъэтIылъауэ, языныкъуэхэр жэуапым ирашалIэу, адрейхэр хейуэ хэкIыу къэзылъытэхэр. Судхэм я къалэнхэр ягъэзащIэ. Абыхэм ягъэкъуаншэхэм тралъхьэ тезырхэм хагъэплъэжын папщIэ, ищхьэкIэ щыIэ хеящIэхэм захуэзыгъазэхэр суд зытращIыхьхэм я процент 15-м и закъуэщ. Хейуэ куэдыр хэкI хуэдэу зэрыжаIэри тэмэмкъым. Нэгъабэ и закъуэ суд тращIыхьащ хабзэхъумэу, къулыкъущIэу, депутату 800-м щIигъум.
Путин Владимир апхуэдэу жэуапхэр яритащ нэгъуэщI упщIэ куэд дыдэм.
МАХЪШОКЪУЭ Мухьэмэд.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "27262.txt"
} |
Зыгъэпсэхугъуэ махуэм
Шхыныгъуэхэр
КIэртIофыщIэ жьэрыкуей
КIэртIофыр яукъэбз, псы щIыIэкIэ ятхьэщI, пIащIэу, хъурейуэ яупщIатэ. Тебэм тхъу иралъхьэри, градуси 120-130-рэ хъуху къагъэплъ. Абы бжьын упщIэтар, кIэртIоф упщIэтар халъхьэ, шыгъу, шыбжий плъыжь хадзэ, псы щIыIэ тIэкIу щIакIэри, мафIэ щабэм тету, зэIамыщIэу, тебэм и щхьэр тепIауэ дакъикъи 10-12-кIэ ягъажьэ. ИужькIэ хуэсакъыурэ зэIащIэ. КIэртIофыщIэр дакъикъэ 15-кIэ хьэзыр мэхъу. Ар жьа нэужь и щхьэр трахри джэдгын цIынэ къудамэ тхьэщIахэр кърагъэтIылъэкI, тебащхьэр трапIэжри, мафIэм темыту дакъикъи 5 — 6-кIэ щагъэт, мэ дахэ къищтэн щхьэкIэ. Iэнэм щытрагъэувэкIэ джэдгын къудамэхэр къытрахыжри, кIэртIоф жьар тепщэчым иралъхьэ. Пщтыру яшх, пIастэ, чыржын е щIакхъуэ и гъусэу.
КIэртIофыр тебэм Iувыщэу иралъхьэркъым, кIэртIоф упщIэтахэр зэхэжьыкIын щхьэкIэ.
Халъхьэхэр (зы цIыху Iыхьэ):
КIэртIофыщIэ укъэбзауэ — грамм 325-рэ
Бжьын укъэбзауэ — грамм 40
Шыгъуу — грамми 4
Тхъууэ — грамм 50
Псы щIыIэу — грамми 150-рэ
ДжэдгыныщIэ къудамэу — 3-4
Шыбжий сыр хьэжауэ — узыхуейм хуэдиз.
Хьэлыуэ фIыцIэ
Шыуаным тхъу иралъхьэри ягъэткIу, бэлагъкIэ зэIащIэурэ гуэдз хьэжыгъэ хакIутэри, мафIэ цIыкIум тету дакъикъэ 25-30-кIэ ягъажьэ. Хьэжыгъэ жьар зэкIэрощэщ, шыуаным къыкIэрыпщIэркъым, дыщафэщ. Тхъум хакIута хьэжыгъэр жьэху, фошыгъупсри ягъэхьэзыр: псым фошыгъу хакIутэри, дакъикъэ 15-кIэ къагъавэ, языж. ИтIанэ хьэжыгъэ жьар мафIэм къытрахыж, бэлагъкIэ зэIащIэурэ абы фошыгъупс пщтыр хакIэри, фIыуэ зэхапщэ. Хьэлыуэ пщтырыр тхъу зыщыхуа Iэнэм тралъхьэ, я Iэр псы щIыIэм хащIэурэ хуэплIимэ щIыкIэу яубэ, и Iувагъыр см 2 хъууэ. Хьэлыуэр псынщIэу яубэ, ауэ я Iэр куэдрэ псыф ящIмэ, хьэлыуэм и щхьэфэр цIынэ хъунущ. Хьэлыуэ убар зэпэплIимэ цIыкIуурэ сэкIэ зэпаупщI. Хугу хьэлыуэм елъытауэ мыр нэхъ шхыгъуафIэщ. Хуабэуи дияуи яшх.
Халъхьэхэр:
Гуэдз хьэжыгъэу — грамм 435-рэ
Тхъууэ — грамми 140-рэ
Фошыгъуу — грамм 300
Псыуэ — грамм 250-рэ.
Къубатий Борис.
Адыгэ ныпым и махуэ
Налшык, Абхъазым и ут. 2013 гъэ, мэлыжьыхьым и 25. Сурэтхэр МАМИЙ Руслан трихащ.
ЦIыкIухэм факъыхуеджэ
Гъатхэм теухуа таурыхъ
Гъатхэм щIымахуэ кIыхьыр бзу лъэтэжахэм я гъусэу щIыпIэ хуабэм щрихат. Иджы дыгъэр махуэ къэс уафэм нэхъ лъагэу итти, езыми Ищхъэрэ щIыпIэхэм лъэтэну мурад ищIащ.
Арати, Гъатхэр къыу, къру лъэтэжхэм йолъэIу: «КхъыIэ, сэри Ищхъэрэ щIыпIэхэм сыздэфхьыж. Абы сэ къыщызожьэ цIыхухэри, псэущхьэхэри, къуалэбзухэри, хьэпIацIэ цIыкIухэри». Ауэ къуалэбзухэр шынэри ядакъым: «Абы, зэрыжаIэмкIэ, дунейр щыщIыIэ дыдэщ. Уэсыр, мылыр, щIыIэ уаер, мэжэщIалIагъэр абы къыщыптохьэлъэ. Абы дэ щIыIэм дыщисынущ е шхын щхьэкIэ дыщылIэнущ», — жаIэри. Сыт хуэдизрэ лъэIуами, Гъатхэр Ищхъэрэ щIыпIэхэм зыхьын игъуэтакъым. Ар нэщхъей къэхъуащ: «Дауэ сэ сыт щыгъуи Ипщэ щIыпIэхэм сызэрыщыпсэунур?» — жиIэри.
Абдежым Гъатхэм зэуэ макъ гуэр ищхьэкIэ къиIукIыу зэхех: «Умынэщхъей, Гъатхэ. Сэ къыстетIысхьи псынщIэ дыдэу Ищхъэрэ щIыпIэхэм унэзгъэсынщ». Ар щыдэплъейм къилъэгъуащ уафэгум щес Пшэ хужь щабэшхуэр. Гъатхэр нэщхъыфIэу Пшэм хэтIысхьэри, лъэтащ. Здэлъатэм зэзэмызэ щIылъэм хуоплъых. ЩIылъэм тет псори абы къыщогуфIыкI, псори къыпожьэ. Псыхьэлыгъуэхэр мажэ, мэзхэм, жыг хадэхэм гулъыр къащIащ. Пшэ хужь щабэм тесу лъэта Гъатхэм иужь иту къуалэбзухэри лъэтэжащ: къазхэр, къыухэр, бжэндэхъухэр, къуанщIэхэр…
Абы лъандэрэ цIыхухэм нэщэнэ яхуэхъуащ: уафэгум пшэ хужь щабэ къихьэмэ, гъатхэр абы тесу къолъэтэж. Абы и ужькIэ махуэхэр хуабэ хъужынущ, псыхьэлыгъуэхэр жэнущ, къуалэбзухэри къэлъэтэжынущ.
Скребицкий Георгий.
ЗэзыдзэкIар Молей ФатIимэщ.
Апхуэди къохъу
ФIым къегъэзэж
Шотланд фермер гуэр XX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм шэд щыкуэд щIыпIэ блэкIырт. Абы хэту лIым кIий макъ зэхех. Зигъазэрэ плъэмэ, щIалэ цIыкIу шэдым хэхуауэ щIелъафэ. Сабийр къызэрыхэпщыжын Iэмал къилъыхъуэрт, ауэ зыщIэзышэ ятIагъуэм ауи пэлъэщыртэкъым. Ар и макъ къызэрихькIэ мэкIий, гужьеигъуэмрэ гузэвэгъуэмрэ хэхуауэ.
Фермерым жыг къудамэшхуэ псынщIэу къыпеупщIри, абы хуеший, икIи ныбжьыщIэр тафэ гъущэм къытрелъэфэж. ЩIалэ цIыкIум, кIэзызу зыкъомрэ щыса нэужь, къызэрырагъэлам и гур къызэрегъэгъуэтыж.
— НакIуэ ди деж, — жеIэ фермерым. – Уэ зыбгъэгъущыжын, зыбгъэпсэхужын хуейщ.
— Хьэуэ-хьэуэ, — игъэкIэрэхъуащ щIалэ цIыкIум и щхьэр, — си адэр къызожьэ. Ар пIейтейуэ щыс къыщIэкIынщ, иджыри къэс сызэрымыкIуэжам щхьэкIэ.
Къезыгъэла лIым и нэм гуапэу щIоплъэри, щIалэ цIыкIур щIопхъуэж…
Пщэдджыжьым, фермерыр щхьэгъубжэм къыщыдэплъым, шыгу зэщIэщIа гъэщIэрэщIар и куэбжэпэм къызэрыIухьар елъагъу, абы зы цIыхухъу хуэкъулейуэ хуэпауэ къоувыкI.
— Уэра дыгъуасэ си къуэр къезыгъэлар? — щIоупщIэ хьэщIэр.
— Сэращ, — жеIэ бысымым.
— Дапщэ-тIэ уэстыжын хуейр?
— Си жагъуэ къыумыщI, ныбжьэгъу. Сэ ямылей лъэпкъ сщIакъым, дэтхэнэ зы цIыхуми ищIэнут ар, а дакъикъэм абдеж къыщыхутамэ.
— Хьэуэ, ар апхуэдэу къысхуэгъэнэнукъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, си къуэр си дежкIэ лъапIэщ. Ахъшэ дапщэ ухуейми уэстынущ, — трегъэчыныхь лIым.
— А Iуэхум афIэкIа сытепсэлъыхьыну сыхуейкъым. Узыншэу ущыт! — фермерыр дыхьэжыну зыщигъэкIэрахъуэм и къуэ цIыкIур къыдэжащ.
— Мыр уи къуэ?
— НтIэ, — итащ жэуап фермерым.
— Абы щыгъуэм мыпхуэдэу дыгъэщI! Сэ уи къуэр си гъусэу Лондон здэсшэнщи, и пщIэр есту езгъэджэнщ. И адэм ещхьу цIыху зэпIэзэрыту къыщIэкIмэ, уэри сэри тщIахэм дыхущIегъуэжынкъым.
Зэман докI. Фермерым и къуэм школыр къеух, иужькIэ медицинэмкIэ институтым щоджэ. Куэд дэмыкIыу абы и цIэр дуней псом къыщацIыху, пенициллин хущхъуэр зэхелъхьэри. Ар Флеминг Александрт.
Зауэм щIидзэн и пэ къихуэу Лондон дэт сымаджэщ нэхъ ин дыдэхэм ящыщ зым щIохуэ а лIы къулейм и къуэр, и тхьэмбылхэм щIыIэ хыхьарэ хьэлъэ дыдэу. Абы щыгъуэми ар ажылым къезыгъэлар Флеминг Александр зэхилъхьа пенициллинырщ.
Флеминг щIэныгъэ зригъэгъуэтынымкIэ дэIэпыкъуэгъу хъуа лIыр хэт жыфIэмэ, Черчилль Рандольфщ. Абы и къуэм зэреджэр Черчилль Уинстонщ. ИужькIэ ар Инджылызым и премьер-министр мэхъу. Уинстон жиIауэ щытащ: «Зэгуэр фIы пщIамэ, Iэмал имыIэу уи деж къигъэзэжынущ».
Къэбарт Мирэ.
ЩIэнгъуазэ
Къуалэбзухэм я цIэхэр
Авдотка — джэдкусэ, мэкъупIэджэд
Баклан — хыбабыщ, хыпсыджэд
Барсучок — бгъэнбзу
Дрозд — бзугъуабжэ
Гайчка — цIыжьдадэ- щхьэфIыцIэ
Белобровик — бзуущхъуэнабдзэху
Жаворонок малый — уэгунэбзу
Зарянка — бгъэмопэ, бгъэморэ, пшэплъхуэусэ
Зарянка кавказская — пшэплъхуэусэ
Гайчка черноголовая кабардинская — къэбэрдей къуршцIыжьдадэ
Дрозд белозобый — бзуупцIэбгъэгуху
Бекас — сыр-сыр, бзупэкIыхь, удыдж
Аист белый — псыхэуэщIыбыпцIэ
ГъэщIэгъуэнщ
Илъэс 23-кIэ мэжей
Зэ нэхъ мыхъуми уэшх къыщемышха щIыпIэ закъуэтIакъуэхэм ящыщщ Чили щыIэ Атакамэ къумыр.
Илъэс 75-м зи ныбжьыр нэса цIыхур и гъащIэм щыщу илъэс 23-кIэ жеящ.
Дунейм цIыхуу тетым хуэдиз джэди ягъэхъуу къахутащ.
Колибри къуалэбзу лIэужьыгъуэм и хьэлъагъыр зы гъущI сом хуэдиз хъууэ аращ.
Джейхэр илъэси 100-м нэс мэпсэу.
Кенгурур щIыбагъкIэ икIуэтыжыфыркъым.
КъызэрахутамкIэ, аргъуейхэм нэхъыфIу ялъагъур щхъуэ плъыфэращ.
ЖыIэгъуэхэр
И пщалъэр умыщIэмэ
Лъагъуныгъэмрэ насыпымрэ хухэха зэманыр псынщIэу мажэ.
Щэхуу пщIа гуапагъэм щыгъуазэр Тхьэм и закъуэщ, ауэ псоми ялъагъуу фIыгъуэ къыпэкIуэжынущ.
И пщалъэр умыщIэмэ, фори гын пхуэщIынущ.
Лэжьыгъэм хуэмыщхьэх цIыхум ищIэн сытым дежи иIэщ.
Псэущхьэм и фэр нэхъ тыншу ихъуэжыфынущ цIыхум и хьэл-щэным нэхърэ.
ЗымыщIэр езыр зыхуэсакъыжын хуейуэ аращ, гъуэщам адрейхэр къыдэIэпыкъупхъэщ.
Гъуэгу зыкIуфынур кIуэращ жаIэ, пэжыр къэзыхутэфынури къэзылъыхъуэращ.
ГъащIэр нэхъ пудыху, лIэныгъэр нэхъ лъапIэщ.
Хъурей Феликс.
Фэ фщIэрэ?
Троллейбусхэр Санкт-Петербург къыщожьэ
1902 гъэм Урысейм япэу зекIуэн щыщIадзащ троллейбусхэм. А лъэхъэнэм «электроавтомобиль»-кIэ зэджэу щыта машинэхэр щагъэунэхуар Санкт-Петербургщ. Троллейбусым килограмм 820-рэ и хьэлъагът. Абы папщIэ электроIэмэпсымэхэр къызэрыщIагъэкIыр барон Шуленбург и проектымкIэт. Токыр зэрызекIуэ системэр зытращIыкIар франджы къэхутакIуэ Ломбар-Жерен къигупсыса конструкцэрщ.
Ток кIапсэкIэ къызэрыгуэкI гъуэгум къыщызыжыхь машинэр Урысейм занщIэу псоми щызэрагъэкIуэфакъым, илъэс 30 дэкIа нэужьщ ар Москва «къыщыдэувар».
ТхьэIухудхэм я зэпеуэ
1951 гъэм мэлыжьыхьым и 15-м Лондон япэ дыдэу щекIуэкIауэ щытащ ТхьэIухудхэм я дунейпсо зэпеуэр. Абы ипкъ иткIэ, Лондон хъуащ дунейпсо дахагъэм и къалащхьэ. ИужькIэ «Мисс Вселенная» зэпеуэр щекIуэкIари Лондонщ. ТхьэIухудхэм я япэ зэпеуэм хъыджэбз 30 хэтауэ щытащ.
Апхуэдэ зэхьэзэхуэ СССР-м япэу къыщызэрагъэпэщар 1988 гъэращ. «Москва и тхьэIухуд-88» зэпеуэр комсомолым иригъэкIуэкIырт, абы щыгъуэ къыдэкIын щIэзыдзагъащIэ «Бурда» журналрат мылъкукIэ защIэзыгъакъуэр. Москвадэс хъыджэбз мин бжыгъэ хэтыну щIэхъуэпсу ахэр къыщыхах зэIущIэхэм екIуалIэрт. Абы щыгъуэ япэ текIуэныгъэр зылъысар илъэс 16 хъу Калининэ Машэщ.
Дохъушокъуэ Синэ.
Псалъэзэблэдз
ЕкIуэкIыу: 2. Улахуэ, лэжьапщIэ, е мазэ … 5. Тхьэмпэм зэреджэ нэгъуэщI псалъэ. 6. … зэзрэ бзу кхъуейрэ фIэкI хуэмыныкъуэу мэпсэу. Е бадзэ цIыкIу лъыиф. 10. Безым дэлъ фо Iыхьэ. 11. Iэщ гъур, лы мащIэ зытелъ. 12. Нащэ … 14. ЩIымахуэм си Iэщым ярикъун мэкъу … зэтеслъхьащ. 15. Абы имытмэ, лъакъуэм и мыгъуагъэщ. 17. Iэщ гупышхуэ. 19. Нартыху … е дыгъэ … 23. Гъэм и зэман. 25. … хамащхьэу ущымыт, къэтIыси едзакъэ. 26. НэхъапэIуэкIэ адыгэм зэрахьэу щыта хьэкъущыкъум и нэхъыбэр къызыхэщIыкIа гъущI лIэужьыгъуэ. 30. Еуэ, си щIалэ, … жегъэIэ, уи ныбжьэгъухэм закъыкIэрумыгъэху. 31. Унащхьэ блыным декIуэкI натIэ. 32. Уэлбанэ кIыхьым и ужькIэ дунейр … къэхъужри, цIыхум я гукъыдэжыр къиIэтащ. 33. Акъылыр щагуэшым абы дэсар мащIэкъым. 35. ПхъащIэ Iэмэпсымэ. 37. Си лэжьэгъу Ахьед мы гъэм Сауд Хьэрып къэралым … кIуэну и мурад быдэщ. 39. Рабочэ гупым я … лIы емызэшыжым орден хуагъэфэщащ. 41. ЕуэкIыпIэ. 43. Къэбэрдей-Балъкъэрым къеблагъэ хьэщIэхэр хьэщыкъ ящI ди … щхьэ тхъуа уардэхэм, псом хуэмыдэу Iуащхьэмахуэ. 44. «Си мэлыр зыхьа дыгъужьым … хуэсщIащ» жиIэрт жи, зы лIы хьэлэболэ гуэрым. 48. Къэрэгъул …, хъумакIуэ… 49. Шы «вакъэ». 50. IэмыкIуэлъэмыкIуэ. 51. Iужажэр сыт щыгъуи хьэзырщ и унафэщIым и хьэр … хуишэну. 52. ЩIымахуэ щыгъын. 53. Езым щымыщу щэкIым кIуэцIрыкI курыжэ.
Къехыу: 1. Школым къаутIыпща нэужь, класс нэхъыжьхэм щIэс еджакIуэхэр колхоз губгъуэм … дашащ. 2. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и япэ ректор Бэрбэч … 3. Адыгэ театрым и джэгуакIуэ гъуэзэджэу щыта, РСФСР-м щIыхь зиIэ и артист. 4. Муслъымэн диным зэрыжиIэмкIэ, дунейм ехыжахэр къэхъужу псапэу ящIамрэ гуэныхьу ятелъымрэ щызэхагъэкI махуэ. 7. ЩIакхъуапхъэ. 8. КIуэ пэтми … зымыкIу. 9. УщIэгузэвэни ущIэдыхьэшхыни зыхэлъ Iуэху. 13. КъулыкъущIэшхуэм и IэнатIэр … хэхыпIэ ищIащ. 16. Мы гъэм зи ныбжьыр илъэс 75-рэ ирикъу адыгэ тхакIуэ, усакIуэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и лэжьакIуэ. 18. Нэхъапэм … зэщIэщIакIэт адыгэхэр нысашэ зэрыкIуэр. 20. Уафэм къех мыл тыкъыр цIыкIу. 21. Адыгэ псалъэжьым зэрыжиIэмкIэ, абы и кIуэдыжыгъуэм дамэ къытокIэ. 22. Къуэш … нэхърэ, ныбжьэгъуфI. 24. Урысхэм къакIэлъыкIуэу ди къэралым ис нэхъ лъэпкъышхуэ дыдэр. 27. Зи хьэдзэр хужь хьэцэпэцэ. Краснодар щIыналъэм куэду къыщагъэкI. Корее Ищхъэрэм, Китайм я шхыныгъуэ нэхъыщхьэхэм щыщщ. 28. Дзыгъуэшхуэм и бий кIэуфIыцI. 29. Мэш хьэуазэ. 33. Жьэгу натIэм хэщIыхьа тегъэувапIэ. 34. Ар ныбжьэгъу хъунукъым, … пшэр уанэу еутэкI и хабзэщ. 35. Уафэ лъащIэм иплъагъуэ «бжьэхуц» гуартэ. 36. Уи бзэгур къэзыс ерыскъыгъуэ гуэр. 37. … хей умыукI, фыз хей йомыгъэкIыж. 38. Мэлэчыпхъу къыдэкIуэну къызэримыпэсу хъуэр къыщридзым, нарт Пэныкъуэ абы жреIэ: «Мэлэчыпхъу цIыкIуу нэгъуд, дыдыр гущхьэм хэзыIу, Iуэрбжэрилэу вындыкIэ, къакIэрыхуауэ мэзыдэ, уд фызыжь цIыкIуу … 40. БдзапцIэ хъурей цIыкIу, щакIуэхэм фочышэу къагъэсэбэпу. 42. ТепIэнщIэлъын. 43. Узыдэмыхьэ … лы дэзщ. 45. ЩIалэ къэзышагъащIэ. 46. Таурыхъ … , псысэ … 47. Пасэрей фоч.
Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ.
Мэлыжьыхьым и 20-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
ЕкIуэкIыу: 5. Пэгун. 6. Мысэ. 7. Пщае. 9. Нарт. 12. Псыжь. 13. Щабэ. 15. Къабзий. 16. Бжьо. 17.Бэджынэ. 20. КIарц. 21. Курыт. 26. Иныжь. 28. Къэрэгъэш. 29. Гуащэ. 30. Бжей. 31. Бещтокъуэ. 34. Нащэ. 39. Пхъэр. 40. Урыху. 44. Лондон. 46. Пкъо. 47. Бейгуэл. 48. Ирак. 50. Хьэжы. 51. Къарэ. 52. Къуэпс. 53. ЩIыIуб. 54. ПакIэ.
Къехыу: 1. Нэпсей. 2. Къуныжь. 3. Амыщ. 4. Псыбыб. 7. Пщыкъан. 8. Алабгъуэ. 10. Акъсырэ. 11. Техьэгъуэ. 14. Яжьэ. 18. Хъурмэ. 19. Аркъэ. 20. КIэ. 22. Тхъу. 23. Унажэ. 24. Сэнтх. 25. Пщащэ. 27. Жьей. 29. Гуэн. 32. Ерэн. 33. Къуаргъ. 35. Хъуп. 36. Шху. 37. Къалмыкъ. 38. Къандур. 41. Жэгундэ. 42. Налмэс. 43. Пкъы. 45. Нартыху. 47. БажэкIэ. 49. Кубэ. 50. Хьэпс.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "27268.txt"
} |
Subsets and Splits
No community queries yet
The top public SQL queries from the community will appear here once available.