text
stringlengths
11
353k
meta
dict
Бзэ минкIэ псалъэ къафэ «Къафэ защIэу гъащIэр едмыхьэкIми, къафэ нэсым гъащIэ псо къытощ» Сухоруков Леонид. Дыгъэгъазэм и 18-19-хэм Музыкэ теат­рым Iэтауэ щагъэлъэпIащ лъэпкъ щэнхабзэм и налкъутналмэс, лъэпкъ тхыдэр зи дамэтелъ, лъэпкъ щIыхьыр зи фащэ «Кабардинка» къэрал академическэ къэфа­кIуэ ансамблыр илъэс 80 зэрырикъуар. Ансамблым хэтхэр хэти хуегъадэ уэгум щыхуарзэ къуршыбгъэм, хэти псы хуэм ес къазым, хэти псалъэ имы­гъуэ­тыжу абыхэм я концертым Iэгуауэ инхэр щеIэт, ауэ шэч къы­зы­тумы­хьэ­жынур зы­щи, а къэфакIуэ гупыр зэ зы­лъэгъуам игу ихужыркъым. «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблым щIыпIэ куэ­дым ди лъэпкъым и цIэр щигъэIуащ, абы Iэгуауэ инхэр щы­ту хуаIэтырт, псом нэхъыщхьэ­ращи, ахэр зей адыгэр кърагъэцIыхурт, пщIэ къыхурагъэщIырт. Лъэпкъыр лъэпкъ зы­щIы­жыр и цIы­ху­хэрщ, къэрал академическэ ансамблыр лъэпкъым и напэщ, и дамэщ, и гъуджэщ. Ди къэралым и къэфакIуэ гуп нэхъыжь­хэм ящыщ, дунейпсо къэралпсо фестивалхэм я лауреат, Иордан Хьэшимит пащ­тыхьыгъуэм и орден нэхъыщ­хьэу тIу, «Адыгейм и ЩIыхь» дыщэ медалыр зрата, «Адыгэ лъэпкъым и хъу­гъуэфIыгъуэ» фIэщыгъэр Дунейпсо Адыгэ Хасэм зы­хуи­гъэфэща «Кабардинка» гупым и пшыхьхэм къафэр, макъамэр фIыуэ зы­лъагъухэмрэ ансамб­лым иригушхуэ цIыхухэмрэ зэхуишэсат. Илъэс тIощIым щIи­гъуауэ ансамблым и худо­жественнэ унафэщIыр, къафэхэр екIуу зыгъэувыр КъБР-м, АР-м, Осетие Ищхъэрэ - Аланием щIыхь зиIэ я артист, Шэшэн, Ингуш республикэхэм ГъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, ­УФ-м и Правительствэм и саугъэтым и лауреат Атэбий Игорщ. Балетмейстер нэхъыщхьэр КъБР-м и цIыхубэ артист Битокъу Аслъэн­бэчщ, музыкэмкIэ уна­фэ­щIыр дунейпсо зэпеуэ­хэм я лауреат Дэрокъуэ Рамищ. Пшыхьыр ирагъэкIуэкIащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Атэбий ФатIимэрэ УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Битокъу Бес­лъэн­рэ. Ансамблым и щIыхьыр къэзылэжьа и ветеранхэм ящыщу пэшым щIэсхэм Iэгуауэ инхэр хуаIэтащ пшыхьыр къыщызэIуахым. Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэу­тий хъуэхъу псалъэкIэ захуигъэзащ къэфакIуэ гупым. - Адыгэ лъэпкъыр дуней псом дыкъезыгъэцIыхуа, фIыуэ дыкъезыгъэлъэгъуа «Кабардинка» къэфакIуэ ­гу­пым я илъэс бжыгъэ дахэр ди гуапэу догъэлъапIэ. Дунейм и плIанэпэ куэдым щаIэта ансамблыр ди лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ. Ди щэнхабзэм хуэфащэ увыпIэ иубыдын папщIэ зэман зэ­мылIэужьыгъуэхэм ансамблым хэтахэм ягури я псэри халъхьэу лъэпкъым хуэ­лэ­жьащи, абыхэм фIыщIэ яхузощI. Къафэм лъэпкъым и псэр, и хьэлыр къытощ, ар ди хабзэ дахэхэм я гъуджэщ. Ансамблым нобэ иIэ пщIэр нэхъ кIащхъэ мыхъуу илъэс мин гъащIэ иIэну, къэкIуэну щIэблэм а дахагъэр Iуралъ­хьэжрэ кърагъащтэу, бжьы­фIэу тхурепсэу, - жиIащ Сэхъурокъуэм. - Адыгэ лъэпкъыр дунейм дыкъезыгъэцIыхуар «Кабар­динка»-ращ жысIэмэ, сы­щыуэнукъым. Африкэм, Ав­ст­ралием, Монголием, Латин Америкэм, Европэм, ди къэрал уардэм я лъэгу щыщIагъэплъащ абыхэм. Ди бэракъщ, ди напщIэщ, ди фIыгъуэщ. Дунейм зы къэфакIуэ гуп телъыджэ тетмэ, мыр етIуанэщ. Фи илъэс пщIейм дахэу, лъапIэу щыIэр къыфхудэкIуэну, щIэблэщIэ къыфщIэувэу, ма­­мырыгъэмрэ гуфIэгъуэм­рэ фыхэмыкIыу Тхьэм фигъэпсэу! - захуигъэзащ къэфакIуэхэм «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщ­хьэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, ХьэфIыцIэ Му­хьэмэд. Хъуэхъу псалъэхэм адэкIэ пищащ УФ-м и цIыхубэ художник, Адыгэ Республикэм и Къэрал саугъэтым и лауреат, Урысейм и су­рэ­тыщI­хэм, Журналистхэм, Тха­кIуэ­хэм я союзхэм хэт Къат Теувэж. - Хуабжьу си гуапэщ фи махуэшхуэм сыкъызэрырихьэлIар. СурэтыщIхэм Iэ­пэ­кIэ сурэт тщIымэ, къэфа­кIуэхэм пкъыкIэ сурэт ящI. Нобэ ди пащхьэ къиува къэфакIуэхэм сурэт телъы­джэ­хэр ди нэгу щIагъэкI. Лъэпкъ хабзэр къызытещ къафэхэр мыкIуэдыж дамыгъэщ. Ар лъэпкъым и къулеигъэ инщи, илъэс куэдкIэ а беягъэр иIэну сохъуахъуэ. КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин «Кабардинка»-м и ветеранхэм республикэм и щэнхабзэм хуащIа хэлъхьэныгъэ иным папщIэ фIыщIэ мыу­хыж зэрахуищIыр къыхигъэщащ. - Ансамблым щIэуэ хагъэхьа ныбжьыщIэхэм я IэзагъэкIи зэфIэкIкIи нэхъы­жь­хэм пимыкIуэту, дэп­лъейуэ псэуну сохъуэхъу. Куэд­кIэ дащогугъ абыхэм, ды­зэ­ра­гъэ­гушхуэнуми шэч къы­тет­хьэркъым. Лъэпкъым и гъащIэр къыщежьэри щиухри и щэнхабзэрщ. А дахагъэр тхуэбэгъуэну, нэхъ ­ины­жу диIэтыну, ефIэкIуэну ды­хуейщ, - жиIащ Къумахуэм. Жэпуэгъуэм и 1-м 1933 гъэм Налшык дэт Ленинскэ еджапIэ къалэ цIыкIум лъэпкъ къафэмкIэ студие къы­щызэIуахауэ щытащ. Аращ «Кабардинка» къэфакIуэ гупым и лъабжьэр къыщежьари. Илъэс нэхъ дэмыкIыу, а гупыр нэгъуэщI республикэхэм ирагъэблагъэ хъуат. Хэку зауэшхуэ нэужьым щIэрыщIэу зэхуа­шэсыжа ансамблым зауэр зи нэгу щIэкIа орденыбгъэ нэхъыжьхэмрэ ныбжьыщIэ цIыкIухэмрэ къыщыфэрт. 1957 гъэр ансамблым хуэ­фIащ, ар союзпсо фестивалу тIум я лауреат хъуат, Москва къалэ ЩIалэгъуалэмрэ студентхэмрэ я VI дунейпсо фестивалым дыщэ медаль къыщратат. Балеринэ цIэ­рыIуэ Улановэ Галинэ къэп­щытакIуэ гупым хэтати, къа­фэр «Кабардинка»-м игъэзащIэу щилъэгъуам, «Дунейпсо лъэпкъ гъуазджэм «Къафэм» нэхъ дахэ иIэу сщIэркъым», - жиIауэ щытащ. 2014 гъэм Москва къалэ хореографхэмрэ балетым и артистхэмрэ я деж щекIуэкIа зэпеуэм и къэпщытакIуэхэм Атэбий Игорь игъэува ­«Уэркъ къафэ»-м саугъэт щхьэхуэ хуагъэфэщащ. Москва къыщыдэкI «Балет» журналым и редак­- цэм УФ-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм игъэува ­«Къа­­фэм и псэ» саугъэтыр 2015 гъэм зыхуагъэфэщахэм щратыжащ. Гупым я унафэщI Атэбий Игорь ­«Къа­фэм и лIыхъусэжь» унэ­тIыныгъэм и лауреат хъуащ. Саугъэтыр тын зэ­ры­щIадзэ­рэ цIыху цIэрыIуэхэу Гри­горович Юрий, Плисецкая Майе, Щедрин Родион, Васильев Владимир сымэ, нэ­гъуэщI­хэми ар хуа­гъэ­фэ­щащ. Лъагъуныгъэ, пагагъэ, лIы­­гъэ, хахуагъэ къызытещ, бзэ минкIэ псалъэ къафэм узэщIэзыубыдэу хэлъ мэгъу къарур иджыри зэ ягъэунэ­хуащ пшыхьым къекIуэлIахэм. «СапэхэтIэ» (зыгъэзэщIар ансамблым и солист Дер Мухьэмэдщ), «Уэркъ къа­фэ» (КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Къуэныкъуей Ири­нэрэ Молей Темболэтрэ), Лермонтов Михаил и «Бэлла» повестым тращIыкIауэ «Ямыдэж» теплъэгъуэр ­(КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Къуэныкъуей Алим, ГъущIохэ Залымрэ Сюзаннэрэ), «Щолэхъу и хъыбар» ­(КъБР-м щIыхь зиIэ и артистхэу Архэст Иринэрэ ­Къуэныкъуей Алимрэ), «Ислъэмей» (солистхэу Кумыщ Заринэрэ Алэкъей Азэ­мэт­рэ). «Псэлъыхъу» (КъБР-м и цIыхубэ артисткэ Куэшмэн Олеся, КъБР-м щIыхь зиIэ и артистхэу Хъурзокъуэ Заремэ, Къуэныкъуей Алим, Увыж Мурат, Куэтэншы Руслан, КIуж Владимир), «Хъуромэ», «Щырыщу къафэ», «Адыгэ джэгу зэхэшэ», «Удж хэш», «Джылахъстэней зе­кIуэ», «Абхъаз къафэ», «Убых къафэ», нэгъуэщI куэди щагъэзэщIащ пшыхьым. Къафэ къэс хабзэ, гупсысэ пыухыкIа, лъэпкъым и тхы­дэр, гурыщIэ къабзэ хэплъагъурт. «Кабардинка»-м къикIуа гъуэгуанэмрэ дуней псор къызэритхьэкъуамрэ теухуа хъыбархэмкIэ, абы и «дыщэ пхъуантэм» дэлъ къафэ, теплъэгъуэ нэхъыфIхэмкIэ гъэн­щIауэ къызэрагъэпэща пшыхьыр гуимыхуж хъуат. Дахагъэм, щыпкъагъэм и дамыгъэ «Кабардинка» къэ­рал академическэ къэфакIуэ ансамблым гъуэ­гуанэ кIыхь, дахэ къикIуащ, абы и цIэр куэдрэ фIыкIэ ираIуащ, цIэ лъапIэ куэди ­хуагъэфэщащ, дя­пэкIи дыщогугъ Iэгуауэм я нэхъ инымрэ гъуэгуанэм я нэхъ дахэмрэ абыхэм къа­пэщылъу. «Кабардинка» гупым Сэхъурокъуэ Хьэутийрэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ йохъуэхъу. Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ. Щомахуэ Залинэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "481.txt" }
Мэрем пшыхь Гупсысэ кIэщIхэр Ныбжьрэ ныбжьэгъурэ ФIыуэ ялъагъу, пэжу зыхущыт, я нахуэри я щэхури зрахьэлIэ, Iуэху гуэр къалъыкъуэкIамэ, япэ дыдэу зэпхъуэ, я гуауэр къадэзыгъэгуауэ, я гуфIэр яхуэзыгъэдахэ цIыхум адыгэхэр зэреджэр ныбжьэгъущ. Ныбжьэгъу… Ныбжьым хуэдэу пкIэрымыкIыу уи гъусэм ныбжьэгъу фIащащ. Дыгъэр пшэм зэрыщIилъафэу, ныбжьри мэкIуэдыж, къызэрыщIэкIыжу - дэнэкIэ бгъазэми, къыпкIэрымыхуу ныбжьри нокIуэ. Ныбжьэгъур уи дыгъэр къыщепсым уи гъусэрэ уи дыгъэр щыкъухьэм кIуэдыжыр аракъым. ЦIыхубэм игъэлъапIэр аракъым, атIэ уи дунейр кIыфI хъуауэ уи нэм зыри щимылъагъужым и деж дыгъэ нэбзийуэ къыпхуэунэхурщ, дыгъэм хуэдэу укъэзыгъэхуабэрщ, ущещIэкIэ, жыр пкъоуэ къыпщIэувэрщ ныбжьэгъур. И пIэм щитыжым… ЯтIэ зыкIэрыпщIа е сабэ зытрихьа налкъутналмэсым и пщIыпщIыр мэкIуэд. ФIейр абы зэрытебгъэкъэбзыкIыу, ар зэщIэпщIыпщIэжу, зэщIэлыдэжу хуожьэ. Псалъэхэри абы ещхьыркъабзэщ. Зыхуэфащэ и пIэм псалъэхэр иумыгъэувэмэ, сабэ зытрищIа налкъутналмэсу, абы и нурыр мэкIуэд. Ар и пIэм щитым, адрей псалъэхэм егъэкIуауэ ар щагъэувым, сыт хуэдиз къару, сыт хуэдиз лъэщагъ, сыт хуэдэ дахагъ абы иIэ хъурэ! Жьэгумрэ уэнжакъымрэ Унэм и псэр жьэгумрэ уэнжакъымрэщ. Пэжкъым жыпIэрэ?! АтIэ зы тхьэмахуэ къудей мафIэ умыщIи, уи унэр псыIэ зэрыхъум, нэщIыфэ абы къызэрытеуэм, зеиншафи ар зэрыхъум еплъыт. Моуэ дымэжэлIауэ дыкъыщIыхьэжым, ди ныбэ из зыщI ерыскъыр къызыпэрахыжри, дыпIыщIауэ дыкъэкIуэжым дызыгъэхуэбэжри е гуныкъуэгъуэ диIэу къэдгъэзэжамэ, ди пIэ дизыгъэувэжри жьэгужьыращ. МафIэс къэхъурэ унэ псор исами, иувыкIауэ зэхэмыщэщауэ къанэр жьэгумрэ уэнжакъымрэщ. Жьэгужьыр диIэу ди мафIэр ункIыфIынкъым. Сысейр зыгуэркIэ ункIыфIрэ - уи деж сынэкIуэнщ, ууейр ункIыфIмэ, си деж укъэкIуэнщ. МафIэ щыIэу, нэхурэ хуабэрэ дыщыщIэнкъым. ЗыгъэкIуэдыфын щыIэкъым ГъащIэр гъэщIэгъуэнщ! Дауэ хъуми, дауэ щIэми, гъащIэм хэкIыпIэ къегъуэт. Ар зыгъэкIуэдыфын къару щыIэкъым. Муслъымэн диным емызэгъыу зэрилъытэм къыхэкIкIэ, адыгэхэм сурэт ящIу щытакъым. Ауэ я гурылъхэмрэ я мурадхэмрэ мыкIуэдыжу дунейм къытрагъэнэн щхьэкIэ, алэрыбгъухэм, арджэнхэм, упщIэхэм сыт хуэдэ тхыпхъэ гъуэзэджэхэр хащIыхьу щыта! ДыщэрыдэкIэ сыт хуэдэ хэдыкI гъуэзэджэхэр ящIу щыта! Тэрэфарэ дахэу, зэщIэпщIыпщIэжу, зэщIэлыдэжу дарий бостейхэмрэ дыщэ пыIэхэмрэ хадыкIырт. Шылэхъархэм сыт хуэдэ тхыпхъэ дахэ хащIыхьрэт. Кистрэ краскэкIэ ящIыну зыхуимытыр мастэрэ IуданэкIэ хадыкIырт. Гъуджэм къищым… ЦIыхум и теплъэу гъуджэм къищым узэрыфIэфIу зыхуэщI - ухуеймэ зыхузэкIэщIэш, ухуеймэ ешхыдэ. АбыкIэ уигу мызагъэмэ, кIэрахъуэкIэ еуапэ. Абы хэкIуадэм хэкIуэдэнур гъуджэрщ. Ауэ гъуджэм къищ цIыху сурэтым зэрызыхуэпщIым хуэдэу езы цIыхум зыхуэпщIыныр икIагъэщ, хьэкIэкхъуэкIагъэщ. ЦIыхум гуапагъэрэ IэфIыгъэрэ кIэлъызепхьэныр, абы гукъэкI хууиIэныр, удэIэпыкъуныр уи къалэнщ. Апхуэдэу уэ ущытыфу пIэрэ? Теунэ Хьэчим. Нэщэнэхэр Мазэм ит «мэлыхъуэр» нэхъ IупщI хъумэ… ♦Жэм лъхуам и бзаджэр ишхыжмэ, гъэшым кIэреч жаIэрт. ♦КъэблэмкIэ къикIыу жьы къепщэмэ, уэфI нэщэнэу къалъытэрт. ♦ЦIыхуитIым лъахъш зэIэпахыртэкъым. ♦Мазэм ит «мэлыхъуэр» нэхъ IупщI хъумэ, мэлыр мэбагъуэ жаIэрт. ♦МафIэм гъавэ пэрыбдзэу ебгъэсыну фIыкъым, ар гуэныхьышхуэу къалъытэ. ♦ГъавэкIэ къулей бжьыхьэрэ уэсыбэ щIымахуэрэ. ♦Удзыжьым дежкIэ бжьыхьэри гъатхэщ. ♦Джэджьейр щабжыр бжыхьэращ. ♦Гъатхэ уэшхым уегъатхъэри, бжьыхьэ уэшхым уеуфэнщI. ♦Бжьыхьэ жэщыр уэс къесыхукIэ кIыфIщ. ♦Бжьыхьэ мафIэр гуапэщ. ♦Бжьыхьэм къуалэбзум лъахъшэу къалъэтыхьмэ - щIымахуэр ткIиинущ, лъагэу къалъэтыхьмэ - хуэбэнущ. ♦Уежьауэ къэбгъэзэжмэ, уи Iуэху къохъулIэнукъым жаIэрт. ♦Уи бзэгу зыгуэр къыхэкIмэ, бзаджэ къыбжаIэну къалъытэрт. ♦Уи набдзэр шхэмэ, зыгуэрым сэлам епхынущ. ♦Уи Iэр уи щхьэщыгум щызэрыбдзэну фIыкъым жаIэрт. ♦Унэм цIыв къыщIыхьэну фIыщ. ГушыIэхэр ЩIалэ Iейхэр дыкIуэж хъуну? - Iэпщэрылажьэ лэжьыгъэм сэбэпынагъ ин пылъщ, - жеIэ класс унафэщIым, сыхьэтихкIэ еджа щIалэ цIыкIухэр къыщIинауэ здахэпсэлъыхьым. - Спортым хуэдэ къабзэу, абы Iэпкълъэпкъыр жырым хуэдэу епсыхь, щхьэ ешам зрегъэгъэпсэхуж, курорт ущыIэм хуэдэу. Жейр абы IэфI зэрищIыр-щэ?! Топ дэнэ къыщына, лагъым Iэтэ ягъэуакIэ уакъыхуэгъэушынукъым. А псор, си псэр зышхын цIыкIухэ, фэ вгъэунэхуащ, зымахуэ фысшэу, си хадэ зэщIэкIэжар щысхуэвгъэкъэбзам… ФыщIалэфIщ фэ псори! Нэсри къэсыжауэ фыщIалэфIщ!.. - Уэ сыт ухуейт, Угъурлыжь? - егъэджакIуэр щIоупщIэ, зи Iэр къэзыIэта щIалэ цIыкIум гу щылъитэм. - ЖыIэт… - ЩIалэ Iейхэр дыкIуэж хъуну? - жиIащ Угъурлыжь, егъэджакIуэр къыщеуэр (хадэ яригъэтIыну зэримурадыр) занщIэу къыгурыIуэри… НэхъыфIу илъагъур Я деж уэршэракIуэ къекIуэкIа гъунэгъу фызыр щIалэ цIыкIум йоупщI: - Хэт, Емынэжь цIыкIу, нэхъыфIу плъагъур? Мамэ? - АIэ. - НтIэ, папэ? - Хьэуэ. - Хэт-тIэ? - Уипхъу Мадинэ цIыкIущ!.. ЛIыгъур Чэрим. Адыгэ хъыбарыжь Пэжыгъэ Къуажэ гуэрым зэныбжьэгъуитI дэст. «Я псэр зы чысэм илъщ» жаIэрт абыхэм щхьэкIэ. Зэгъусэу гъуэгуанэм зэдытехьэрт, зэгъусэуи къагъэзэжырт. Ауэрэ тIуми зы хъыджэбз гуэр фIыуэ ялъэгъуащ. ТIури толIэ хъыджэбзым, итIани зым адрейм щебзыщI. Хъыджэбзми къыхихынур ищIэркъым: тIури щIалэ екIущ, цIыху Iэдэбхэщ. Iей хъууэ хуежьащ хъыджэбзыр. И дэлъхум гу къылъитэри къыхигъэзыхьащ: - Сыт Iей ущIэхъур? Уи жагъуэ къэзыщI щыIэ? - Хэт къищIын си жагъуэ зыми къыщIыркъым… - АтIэ уигу къеуэр сыт? Щыхигъэзыхьым, хъыджэбзым зиумысыжащ: - Ди къуажэм зэныбжьэгъуитI дэсщ, тIуми фIыуэ сыкъалъагъу, ауэ зыр зым къищIэркъым. Си зэранкIэ я ныбжьэгъугъэр къутэнущ. Аращ сигу къеуэр… - АтIэ ар Iуэху, - жиIащ и дэлъхум. – Махъсымэ чей гъэхьэзыри, тIури къегъэблагъэ. Сэ бжьэ ястынщи, Iуэхур зытетыр ясIуэкIынщ. АдэкIэ щIапхъэми сеплъынщ… ЗэрызэгурыIуам хуэдэу ящIащ. ЩIалитIыр хъыджэбзым и дэлъхум къриджащ, бжьэ зырыз яритри яжриIащ: - Си шыпхъур тIуми фIыуэ фолъагъу. Дэтхэнэр малъхъэ схуэхъуми сэ зытезгъэгусэркъым. Пщэдей жэщ нэхъ фIэмыкIыу си шэщым шы къарапцIэ, натIэ гъуджэу, къыщIэзыгъэувэм си шыпхъур изот… ЗэгурыIуэри зэбгрыкIыжащ. Зы дакъикъи зимыIэжьэу зыр гъуэгу техьащ. Адрейр, КъантемыркIэ зэджэ щIалэр, егупсысащ: - ЗанщIэу сежажьэкIэ, шы къарапцIэ натIэ гъуджэ дэнэ къисхын? ЛIыжь Iущ гуэр деж сыкIуэнщи, сечэнджэщынщ… ХьэжмырзэкIэ еджэу къуажэм лIыжь Iущ гуэр дэсти, кIуэри ечэнджэщащ: - Сэ хъыджэбз гуэрым сылъыхъуащ. Хъыджэбзым и дэлъхум мыр къыдиухылIащ, - жери и Iуэхур хуиIуэтащ. - Шы къарапцIэ натIэ гъуджэ мы хэкум щыб­гъуэтынукъым, - къыжриIащ лIыжьым. - Апхуэдэш къыпхуэзыгъуэтыфынур псы тIуащIэм дэс Етэчщ. Абы и деж си пщIэгъуалэм уихьынщ. Хьэжмырзэ и пщIэгъуалэм шэсри Къантемыр псы тIуащIэм кIуащ. Жэщыбгым фIэкIауэ, Етэч и пщIантIэм дыхьэри джащ. Етэч унэм къыщIэкIри, щIалэр иригъэпсыхащ. - Сытым укъысхуихьа? - къеупщIащ щIалэм еблэгъэн щимыдэм. - Хъыджэбз гуэрым сылъыхъуащи, шы къарапцIэ натIэ гъуджэ къыспаубыд. Уэр фIэкIа апхуэдэш зыгъуэтын щымыIэу жаIэ. СынолъэIу: си хьэтыр къэлъагъу. - Хъунщ, - жиIащ Етэч. - УзгъэщIэхъункъым. Шыр уэтэрым тетщи, сэ сыкIуэнщ. Уэ сэ сыкъызыщIэкIа пэшым щIыхьи, си пIэм гъуэлъ. - Ар дауэ хъун, абы уи щхьэгъусэр щожей! - идакъым щIалэм. - Укъыспэрымыуэ, сэ зэрыбжесIам хуэдэу щIы! Сыт ищIэнт: пэшым щIыхьэри цIыхубзым бгъурыгъуэлъхьащ, и къамэр кърихри я зэхуаку дилъхьащ. Нэхущым деж къэсыжащ Етэчыр. Шы къарапцIэр къритри къиутIыпщыжащ. Езыр и пэшым щIыхьэжащ. ПIэм нэсыжа хъунтэкъым цIыхубзыр гъынанэу къыщызэфIэтIысхьам. - Сыт ущIэгъыр? - игъэщIэгъуащ Етэч. - СыткIэ сымыгъынрэ: ухуеймэ, ущIокI, ухуеймэ укъыщIохьэж, уздэкIуэр сщIэркъым, ущыхэтыр сщIэркъым. УкъыщIохьэжри, къамэ къызбгъурыболъхьэ. СыткIэ уигу зэзгъэбгъа? ЛIыр гуфIащ жэщ хьэщIэм цIыхугъэ хэлъу къызэрыщIэкIам щхьэкIэ. И щхьэгъусэми зыри жриIакъым… Къантемыр зылъыхъуа хъыджэбзым и дэлъхур нэхущым деж шы щыщ макъым къыдэушащ. Зихуапэри шэщым кIуащ: шэщым къарапцIэ дахэ щIэтт, натIэ гъуджэу. - Малъхъэ къэзгъуэтащ, - жери гуфIащ хъыджэбзым и дэлъхур, етIуанэ махуэм и шыпхъур Къантемыр иритащ, нысашэ дахэкIэ дригъэшащ. Илъэс хуэдэ дэкIагъэнщ. Етэч и щхьэгъусэр дунейм ехыжащ. ПIалъэр икIыху щыгъуэри, Етэч щхьэгъусэ лъыхъуэу хыхьащ. Куэдым щыщIэупщIащ: игу ирихьын игъуэтакъым. «Си къарапцIэр зэста щIалэм деж сыщыщIэупщIэнщи сеплъынщ», - жери Къантемыр деж кIуащ. ГуфIэу иригъэблэгъэнтэкъэ, иригъэблагъэри хьэщIагъэшхуэ кърихащ, къзытекIухьамкIэ еупщIащ… ТIури шэсщ, ежьэри тхьэмахуэ хуэдэкIэ заплъыхьащ - ягъуэтакъым Етэч хуэфэщэн цIыхубз. Ямыгъуэту къагъэзэжащ. «НакIуэ, псым дыдыхьэнщи зыдгъэщIыIэтыIэнщ», - жери Къантемыр и хьэщIэр псыхъуэм дишащ. Абы хэту Къантемыр и щхьэгъусэр пхъэхь иIыгъыу псыхъуэм дыхьащ. Ар щилъагъум, Етэч жеIэ: - Мо цIыхубзыр къэсшэнт, хэтхэ ящыщми… Етэчым дэнэ щищIэнт ар Къантемыр зэрищхьэгъусэр?.. - Дэгъуэщ, - жиIащ Къантемыр. - Ар си благъэщ. Улъызгъэхъунщ… Къантемыр и щхьэгъусэр Етэч иритщ, шу гъуси яхуищIри иутIыпщыжащ. ЦIыхубзыр лэгъунэм щIашащ, жэщ хъури лIыри кIэлъыщIыхьэжащ. ЛIыр зэрыщIыхьэжу цIыхубзыр къэдыхьэшхащ. - Сыт ущIэдыхьэшхыр? - игъэщIэгъуащ Етэч. - Шы къарапцIэр щIэпту щхьэгъусэ къызэбгъэша щIалэм и щхьэгъусэм фIэкIа фыз пхуэхъун зэрумыгъуэтаращ сыщIэдыхьэшхыр… - ЗэрымыщIагъэкIэ емыкIу злэжь пэтащ, - жери Етэч гур къызэщIищIэри, цIыхубзыр зейм хуишэжащ, тыгъэ лъапIи трилъхьэри. Зытхыжар Къэрмокъуэ Хьэмидщ. Усыгъэхэр Иуан Владимир * * * Си гукъеуэхэм сыхэту Сыпсэуну сыхуэмей. Узыншагъэм сыкъыхуэту Хэт мы щIылъэм къыщысхуей? Ауэ щыхъукIэ, зыхэслъхьэнщи Нэхъри лIыгъэр, сытэджынщ. Сэ узыфэр щхьэщысхунщи, Мы си гущIэр згъэхъужынщ. «Зэран къыхуэхъур хэт си гъащIэм?» - ЖысIэу мы си гум соупщIыж. Дунейм щызлэжьыр щысфIэмащIэу, Мы си псэм щэхуу зешхыхьыж. Зэран ухуохъур, пщIэм си гъащIэм? Къэралми цIыхуми уедыгъуам. Пэж къызжумыIэу, къэзлэжь мащIэм, Щыщ мылъку уи жыпым иплъхьэ хъуам. * * * Ехъумэ жьэгур, лъэпкъым и Iэнэу, ХьэщIэм пщIэ хуэзымыщIыр и ауану. Ди нэхъыжьыфIхэм къащIэнащ хабзэу, И бийуэ щытми, къригъэблэгъэну. Зы хъуаскIэ фIэкIа абы къыщымыблэжми, Зы цIыху фIэкIа абы дэмысыжми, Сыт хуэдэ IуэхукIэ уэ абы дыхьэф. Адыгэм жьэгум урегъэблэгъэф. * * * Си зэманыр къебж сыхьэтым, И макъ жэщым къыхоIукI. Сигу псэхупIэ зримытым, ГъащIэ блэжыр къреIуэкI. Си гугъапIэщ сыпсэуну, Мы ди гъащIэр сигу пымыкI. ЖаIэ ар адэ щIэину Сэ а псалъэр сигу схуимыкI. Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ
{ "source": "apkbr.ru", "id": "482.txt" }
Творчествэм и къару тIуащIэ Адыгэ лъэпкъым къыхэкIа тхакIуэ цIэрыIуэ Лохвицкий Михаил (Аджыкъу Джэрий) и «Уафэгъуагъуэ макъ», «Тхьэм лъыхъуэурэ» романхэр «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд иригъэжьа «Черкесика» проектым хэту иджыблагъэ дунейм къызэрытехьэнум хуагъэхьэзыращ. Тхыгъэхэр адыгэбзэм Iэзэу къизыгъэзэгъар и лэжьыгъэфIхэмкIэ лъэпкъ литературэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа Къэрмокъуэ Хьэмидщ. Гупсысэ куукIэ гъэнщIауэ абы къыщыхьа сурэт телъыджэхэр зи Iэдакъэ къыщIэкIар КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI Жылэ Анатолэщ. Апхуэдиз лIы ахъырзэман зэлэжьа тхылъыр къызыхуэтыншэу дунейм къызэрытехьэнур шэч къызытумыхьэжынщ. Хэт сыт хуейми къыщыдигъэкIыф лъэхъэнэм фIыгъуэшхуэщ (купщIэкIи теплъэкIи зыхуей хуэзауэ) тхылъыфI къыпIэрыхьэну. Нобэ сэ сыхуейт а къыдэкIыгъуэм зи гуащIэ хэзылъхьа Жылэ Анатолэ нэхъ гъунэгъуу фэзгъэцIыхуну. Ар къыддогуашэ романым хуищIа сурэтхэм къежьапIэ яхуэхъуам, абы зэрелэжьам. Япэ дыдэу тхылъхэм сурэт яхуищIын щыщIидзамкIэ къедгъэжьащ псалъэмакъыр. - Дэтхэнэ IэщIагъэми хуэдэу, сурэтыщIхэм я IэнатIэри зэмылIэужьыгъуэу зэтопщIыкI. Сэ сурэт щIыным и лIэужьыгъуэ псоми си зэфIэкI сыщеплъащ. Ауэ нэхъыбэу сызыхуэIэижьу цIыхухэм къалъытэр, сэ езыми къызэрысщыхъумкIэ, «станковая живопись»-кIэ зэджэращ. Ари лIэужьыгъуэ зыбжанэу зэтIопщIыкIыж. «Нур», «Нюр» сабий журналхэм къыдэкIын щыщIадзагъащIэхэм сфIэгъэщIэгъуэну илъэс зыбжанэкIэ садэлэжьащ. ИужькIэ срагъэблагъэри сыхэтащ Нало Заур зэхуихьэсу къыдигъэкIауэ щыта «Сказки народов мира» тхылъитIым елэжьахэм. ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и дзыхь къызигъэзри, 2004 гъэм абы къыдигъэкIыну мурад ищIа «Уафэгъуагъуэ макъ» романым (зытхар Лохвицкий Михаилщ) сурэт хуэсщIыну къызэлъэIуат. Сурэтхэр тхылъым кIуэн ипэ, газетым и къыдэкIыгъуэхэм къытрадзэ пычыгъуэм хэтын хуейти, абы си лэжьыгъэр иригъэпIэщIэкIырт. Зы сурэтым сэ махуэ зыщыплI тезгъэкIуадэмэ, газетыр махуэ къэс къыдэкIырти, абы зытезухуэн хуей хъуащ. Лэжьыгъэ зыбгъупщI апхуэдэурэ сщIащ. Тхылъыр хьэзыр щыхъуам иджыри сурэт зыбжанэ гъусэ хуэсщIыжри, дунейм къытехьауэ щытащ. ЖысIэну сыхуейщ а тхылъым сэ къызэрыгуэкIыу сызэрыбгъэдэмыхьар. Абы и купщIэм ар къыпхуидэнуи къыщIэкIынтэкъым. АпхуэдизкIэ сигурэ си псэрэ хыхьэу селэжьати, илъэс зыбжанэ ипэ Налшык къыщысхузэрагъэпэщауэ щыта гъэлъэгъуэныгъэм хэзгъэхьат. Сэ куэд щIауэ сфIэгъэщIэгъуэнт XX лIэщIыгъуэр цIыхум игу зэрыриубыдам, абы и къэхъугъэ нэхъыщхьэхэр литературэм, гъуазджэм къызэрыхэщыжыр. Пасэ зэманым къэхъуа Iуэхугъуэхэм я IэфIыр къэуат щIэлъу ди деж къэзыхьэсыр литературэмрэ гъуазджэмрэщ. ЯтIагъуэм къыхащIыкIа пасэрей хьэпшып цIыкIум куэдкIэ нэхъыбэ къыбжиIэфынущ, псалъэ гъущэхэм нэхърэ. А щхьэусыгъуэм къыхэкIыу литературэм сыхэIэбэри, сэ нэхъ спэгъунэгъу, къагъэщI дунейр сфIэгъэщIэгъэунхэу, Гарсие Маркес Габриэль, Айтматов Чингиз, Искандер Фазиль, Бещтокъуэ Хьэбас сымэ я тхыгъэ нэхъыфIхэм селэжьат. Хуабжьу сфIэгъэщIэгъуэнщ литературэр, нэгъуэщIуи художникым и Iуэхур хъунукъым, дунейпсо гъуазджэм, литературэм фIыуэ хэпщIыкIын хуейщ. Уи къэухьым зебгъэужьыху уи IэрыкIхэр нэхъыфI, ящIэлъ гупсысэр нэхъ куу хъуну аращ. Егугъу къудеймэ, техникэм псори пхуегъэсэнущ, ауэ гупсысэ щIэлъу теплъэгъуэ пщIыным куэд дыдэ хуейщ. - «Тхьэм лъыхъуэурэ» тхылъым хуэпщIа сурэтхэр хуабжьу сигу ирихьащ. Ахэр романым щыщ теплъэгъуэ къудейкъым, атIэ гупсысэ куу, щIагъыбзэ зыщIэлъщ. Абыхэм узэрелэжьам, сурэтхэм ящIэлъ философием укъызэрыхуэкIуам я гугъу уэзгъэщIынут. - Нэгъабэ и кIэуххэм ХьэфIыцIэ Мухьэмэд къэпсалъэри Лохвицкэм и тхылъ етIуанэ къыдигъэкIыну зэригъэхьэзырыр, иджырейм и сурэтхэри сэ сигъэщIыну зэримурадыр къызиIуэтылIащ. «Тхьэм лъыхъуэурэ» романыр къысIэрыхьа иужькIэ, мазэкIэ седжащ, сымыпIащIэу, зытепсэлъыхь Iуэхугъуэхэм си нэгу къыщIагъэхьэ теплъэгъуэхэр къыхэстхыкIыу, абы щIэлъ философием сегупсысу. Къызэрыхэбгъэщащи, мы сурэтхэр тхылъым и иллюстрацэ къудейкъым. Сэ сызыхуеяр тхылъым щIэлъ гупсысэр щIэзыгъэхуабжьэ гупсысэ ящIэслъхьэнырщ. Псалъэм папщIэ, Уэзырмэс тхыгъэм джэгуакIуэу къыхощ, ар абрэдж щIалэ хуозэри, зэпэщIоувэ. Абрэджым Iэщэ къыщрихкIэ, Уэзырмэс абы псалъэ пегъэув. Абы сыщелэжьым сэ сигу къэкIыжат Иисусрэ Понтий Пилатрэ щызэхуэзар. Ар къытещу Ге ищIауэ «Что есть истина?» фIэщыгъэм щIэту лэжьыгъэ бэлыхь щыIэщ. Мис ахэр гъуазэ схуэхъуащ. А зэпэщIэуваитIым я хъуреягъым къэуц хужь щабэ кърехьэх, ар Уэзырмэс и къабзагъэм, и щабагъэм и щыхьэтщ. Мыри жыIапхъэу къызолъытэ. «Уафэгъуагъуэ макъым» хэт лIыхъужьхэу Уэзырмэсрэ Чэбэхъанрэ я къуажэр мафIэм иса и ужькIэ абы къыдокI, ауэ «Тхьэм лъыхъуэурэ» къагъэзэжауэ романым дыщрохьэлIэ. Абыхэм къыздагъэзэжа адыгэ щIыгур апхуэдизкIэ нэщI хъуащи, езыхэм къагъэIу макъым къищынэмыщIа, нэгъуэщI макъ зэхамыхыу илъэс бжыгъэкIэ мэпсэу. Апхуэдэ дыдэу «Уафэгъуагъуэ макъ» романми сигу имыкIыж теплъэгъуэ хэтщ. Урыс офицерыр зы лIыжь гуэрым деж щыхьэщIэрти, лIыжьым щIалэр и ужь иригъэувэри зыщIыпIэ ишащ. ДаIуэмэ, урысым щэIу макъ зэхихыу къыщыхъуащ. Iуащхьэ цIыкIум зэрыщхьэдэхыу, абы илъэгъуащ джэбын хужьым езыхэм зыкIуэцIагъэджэрэзэжауэ тафэм хуэфIу телъ цIыху гупыр. ЩIэзылъхьэжын ямыгъуэтынкIэ шынэу арат апхуэдэу щIащIар. Къуаргъ нэпсейхэр абыхэм еуIуу я гущIыIум ист. Офицерым зыхуэмыIыгъыу къыIукIыжат. ЗанщIэу абы и сурэтри си нэгу къыщIыхьат, апхуэдизкIэ образ лъэщ хъуати. - Сэ сызэрыщыгъуазэмкIэ, «Тхьэм лъыхъуэурэ» романым сурэт 16 хуэпщIащ. Псори зэхэту сыт хуэдиз зэман абыхэм текIуэдар? - Псоми илъэс ныкъуэм нэблагъэкIэ селэжьащ. ЗэрыжысIащи, зы сурэтым махуэ зыщыплI токIуадэ, абы къищынэмыщIауэ, а сурэтым и гупсысэр ппкърымыкIыжауэ адрейм уетIысылIэ хъунукъым. Зы гупсысэр уогъэтIылъри, адрейр къыбощтэ. Гупсысэ зырыз яIэ щхьэкIэ ахэр налъэ гуэрхэмкIэ зэпхауэ щытыпхъэщ. «Тхьэм лъыхъуэурэ» романым хуэсщIа сурэтхэри гъэлъэгъуэныгъэм утыку къыщипхьэ хъун хуэдэу згъэхьэзырауэ щылъщ. Тхылъыр къыдэкIмэ, абы и лъэтеувэм ирихьэлIэу выставкэ къызэдгъэпэщ хъунущ. - Уи лэжьыгъэм сытым утригъэгушхуэрэ, къару къуитрэ? - Сэ сымылэжьэну къару зыхуэзгъуэтыжыркъым. Лэжьыгъэм, гуащIэдэкIым я IэфIыр зэ нэгъэсауэ зыхэзыщIам къикIуэт иIэнукъым. Сэ сызытепсэлъыхьыр сомракъым. Мылъкум уегупсысу сурэт щIыным уетIысылIэ хъухэнукъым, ар къызэромыхъулIэнур хьэкъщи. Къару куэд пIех творчествэм, ауэ къуитыр тIукIэ нэхъыбэжщ. Епсэлъар Щомахуэ Залинэщ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "483.txt" }
«Адыгэ идэ» Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм гъэ кIуам и кIэуххэм дунейм къыщытехьа «Адыгэ идэ» тхылъыр а илъэсым лъэпкъ гъуазджэм къыщыхъуа Iуэхугъуэ нэхъыфIхэм ящыщщ. Иванокъуэ (Дохъушокъуэ) Мадинэ и Iэдакъэ къыщIэкIа лэжьыгъэ иныр лъэпкъ тхыдэм, IэпщIэлъапщIагъэм, зэфIэкIым, къэухьым, зэхэщIыкIым и щыхьэт нэсщ. Тхылъыр къызэрызэIупхыу нэрылъагъущ ар и гурэ и псэрэ хилъхьэу зэрелэжьар. НапэкIуэцI къэс зытепсэлъыхьыр щIэджыкIуакIуэм нэхъ гурыIуэгъуэу, екIуу зэрыбгъэдалъхьэнум яужь итщ. Мадинэ а тхылъыр къехъулIэну къыщIэкIынтэкъым, езыр илъэс куэд щIауэ хэдыкI Iуэхум дихьэхыу, абы хуэIэижьу щымытамэ. А унэтIыныгъэм бзылъхугъэ IэпщэлъапщIэр ди къэралым и мызакъуэу Франджым, Тыркум, Швейцарием, Грузием щыхуеджащ. Абы и IэдакъэщIэкIхэм я гъэлъэгъуэныгъэхэр къэрал куэдым щекIуэкIащ. Илъэс 30-м нэблагъэкIэ зэхуихьэсащ Мадинэ а тхылъым итхэр. Ар щылэжьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгейм, Краснодар щIыналъэм я дэфтэр хъумапIэхэм. Къыхэгъэщыпхъэщ мы унэтIыныгъэмкIэ Мадинэ иджы тхылъ етIуанэ къызэрыдигъэкIыр. Япэр - «Адыгские (черкесские) золотошвеи из Причерноморской Шапсугии» фIэщыгъэм щIэту 2012 гъэм дунейм къытехьауэ щытащ. Абы авторым нэхъыбэу зи гугъу щищIыр Шапсыгъым щыщ бзылъхугъэ IэпщIэлъапщIэхэу 1913 гъэм екIуэкIа гъэлъэгъуэныгъэхэм хэтахэрщ. КъищынэмыщIауэ, тхылъым къыщыхьа пасэрей сурэтыжьхэмкIэ абы тхыпхъэхэм я щIыкIэм, дыщэидэм къыщагъэсэбэпу щыта Iэмалхэр зэпкърех. Ар лъабжьэ хуэхуауэ къэплъытэ хъунущ иджырейм. «ХэдыкI», «Зэгуэухуанэ», «ЗэIущэныгъэ» IыхьэхэмкIэ зэпыуда тхылъым адыгэ бзылъхугъэ IэщIагъэм и зы Iыхьи гулъытэншэу къигъанэркъым, нэхъ гурыIуэгъуафIэ зыщIын сурэтхэри дэщIыгъужащ. Псори зэхэту сурэт миным щIигъу щызэхуэхьэсащ абы, къызэрымыкIуэу лъапIэщ, нэхъ пасэкIэ куэдым ямылъэгъуа сурэтыжьхэр, дэфтэр хъумапIэхэм я сурэт гъэтIылъыгъэхэр. Ахэр тхылъым игъэувэным хуэзыгъэхьэзырар сурэтыщI Щоджэн Жаннэщ. «Адыгэ идэр» IуэрыIуатэм щыщ теплъэгъуэ кIэщIкIэ щIэджыкIакIуэм пожьэ. Сэтэней гуащэ нартхэм я фащIэ Iэзэм едауэри, жриIащ зы махуэм тхыпхъэкIэ гъэщIэрэщIа адыгэ фащэ екIуу хуэдыну къызэригъэгугъэр. Мыдрейри абы пикIуэтакъым, уанэ зэгъэпэща а пIалъэм ищIыну псалъэ иритащ нарт гуащэм. АбыкIэ зэгурыIуэри, щхьэж и Iуэху яужь ихьащ. Дыгъэ къухьэгъуэр къыщыблагъэм фащIэм зэрыжиIауэ уанэр ищIат. Ауэ Сэтэней ейр иджыри нигъэсатэкъыми, дыгъэм зыхуигъазэри, нэхъ хуэму къухьэну елъэIуащ. Гуащэм и IэрыкI дахэр зылъэгъуа дыгъэр къызэтеувыIащ, апщIондэху абы бостейр нигъэсри ар щыгъыу щIэкIати, нарт щIалэр зэ IуплъэгъуэкIэ итхьэкъуат. «ЗэраIуатэм нэхърэ унэхъ дахэжи», - жиIат абы зыхуэмыIыгъыу. Алъандэрэ дыгъэ къухьэгъуэм мащIэу зиIэжьэ хъуауэ яIуэтэж. Тхылъым и фIыпIэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ дыщэидэм и псалъалъэ цIыкIу зэрыщIыгъужыр. Мадинэ а псалъэхэр илъэс куэдкIэ зэхуихьэсыжри къэбэрдей, адыгей диалектхэмкIэ щIэджыкIакIуэм я пащхьэ ирилъхьащ. Иванокъуэ Мадинэ и лэжьыгъэм дыщэ идэм и дуней телъыджэм ухешэри абы и щIагъыбзэр, щэхур, и щхьэхуэныгъэхэм нэIуасэ ухуещI. А IэщIагъэр къызэрыгуэкIыу къэзылъытэ дэтхэнэми и еплъыкIэр иригъэхъуэжынущ тхылъым еджэм. Сыт хуэдэ IэщIагъэми хуэдэуи абыи бзылъхугъэхэм езым я «хъэтI» зэрыщызэрагъэпэщыжыр, налъэ налъэурэ абыхэм лъэпкъ гъуазджэр зэрызэIуащар, Iэмал гъэщIэгъуэну къагъэсэбэпар, телъыджэ фщыхъун нэгъуэщI куэдми фыщрихьэлIэнущ абы. Мадинэ зэрыжиIэмкIэ а тхылъхэр къыдигъэкIынымкIэ ар тезыгъэгушхуар абы и адэ, КъБР-м и къэрал лэжьакIуэ цIэрыIуэ Дохъушокъуэ Мусэщ. Шэч лъэпкъ хэмылъу пхужыIэнущ а къыдэкIыгъуэр ди зэманым и Iэужь нэхъыфIхэм халъытэу лъэпкъыр щыIэху зэрызэрихьэнур. Щомахуэ Залинэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "484.txt" }
Новороссийск куэдрэ щаIэт ДыщэкI Хьэзрэт Зи зэфIэкI инымкIэ Новороссийск и «Черноморец»-м и пщIэр лъагэу зыIэта ДыщэкI Хьэзрэт и цIэр а командэм и тхыдэм дыщэпскIэ иратхащ - абы нэхърэ нэхъыбэрэ хуэджэгуарэ топ нэхъыбэ я хьэрхурэгъухэм яхудэзыгъэкIарэ зэи яхэтакъым. Иджы я тренер нэхъыщхьэщ. ДыщэкIым Новороссийск джэгун щыщIидзащ абы и «Цемент»-р къэзыцIыху щIагъуэ щымыIэу етIуанэ дивизионым зэрыхэт лъандэрэ. Командэм и гъусэу япэ дивизионым, итIанэ премьер-лигэм кIуащ. ИужькIэ «Черноморец» зыфIащыжам и капитану щытащ. Джэгун иухри, тренеру а гупым къагъэнэжащ. ЯпэщIыкIэ щIалэгъуалэр игъэсащ. Абыи зэфIэкI инхэр къыщигъэлъагъурти, мыгувэу балигъхэм я тренер нэхъыщхьэ ящIащ. ДыщэкI Хьэзрэт и унафэм щIэту Новороссийск и «Черноморец»-р япэ дивизионым щекIуэкI зэхьэзэхуэм 2002 гъэм щытекIуащ икIи аргуэру премьер-лигэм хишэжащ. АрщхьэкIэ, абы иращIэкIа дауэдапщэхэр имыухыу, ди лъэпкъэгъур яфIэщIалэIуэу ягъэIури, нэгъуэщIым а къулыкъур иратащ. Хуабжьу щыуауи къыщIэкIащ - новороссийскдэсхэм гуп нэхъыщхьэм зыщаIэжьакъым. «Черноморец»-м трагъэкIа иужькIэ, ДыщэкIыр Астрахань псынщIэу ирагъэблагъэри, япэ дивизионым щыджэгу «Волгарь-Газпром»-м и тренер нэхъыщхьэу ягъэуващ. ЕхъулIэныгъэхэр щиIащ Каспий тенджызым и Iуфэми адыгэ щIалэм. Зэман дэкIыу, къехуэхыурэ етIуанэ дивизионым къыщыхута Новороссийск и «Черноморец»-м 2007 гъэм и зэхьэзэхуэри щIагъуэу къыщIидзакъым: япэ джэгугъуитхум ящыщу тIум щытекIуат, апхуэдизри къыщыхагъэщIат. Етхуанэ зэIущIэм Новороссийск щыIэу и хьэрхуэрэгъу нэхъыщхьэ Ставрополь и «Динамо»-р къызэрытекIуар абы и унафэщIхэм яхуэшэчакъым икIи, иджыри къэс лэжьа тренер нэхъыщхьэр трагъэкIри, ДыщэкI Хьэзрэт къашэжащ. Адыгэ щIалэм и унафэм щIэту иригъэкIуэкIа зэхьэзэхуэр «Черноморец»-м и текIуэныгъэкIэ иухащ икIи 2008 гъэм япэ дивизионым щыджэгуну Iэмал игъуэтащ. АрщхьэкIэ къыкIэлъыкIуа илъэсыр абы хуэугъурлакъым икIи етIуанэ дивизионым ар къехуэхыжащ. ДыщэкI Хьэзрэт нэгъуэщI тренер нэхъыщхьэкIэ яхъуэжащ. АрщхьэкIэ я Iуэхухэр нэхъ Iеиж хъурт икIи къахузэтемыгъэувыIэу командэм и къехуэхыныгъэм пищэрт. Дауи, сыт щыгъуи хуэдэу, мазэ бжыгъэ нэхъ дэмыкIыу, адыгэ щIалэр кърашэлIэжащ. Аргуэру дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэу новороссийскдэсхэр къыщелъэIум, Хьэзрэт ахэр хуэгъэщIэхъуакъым. КIэух увыпIэхэм ящыщ зыр иIыгъыу къыIэрыхьэу еплIанэ увыпIэр япэ дивизионым а гъэм зыщригъэубыда Новгород Ищхъэрэ и «Волга» командэм и тренер нэхъыщхьэ къулыкъур къигъанэри, зи гуи, зи пси кIэрыпщIа, ехъулIэныгъэ куэд щиIа «Черноморец»-р и унафэм щIигъэувэжащ. Къалэн нэхъыщхьэр - а командэр икIэщIыпIэкIэ япэ дивизионым гъэкIуэжынырт. Ар ДыщэкIым зэрыхузэфIэкIынум зыми шэч къытрихьэртэкъым. Псори хъарзынэу зэфIэкIа, Iуэхур тэмэму зэтригъэувэжа иужькIэ, Урысей Федерацэм футболымкIэ и япэ дивизионым щыджэгу Новороссийск и «Черноморец»-м и тренер нэхъыщхьэ ДыщэкI Хьэзрэт 2011 гъэм езым и фIэфIыныгъэкIэ и къулыкъум текIащ. Ар куэдыр зыпэмыплъат. - Тренер нэхъыщхьэ къулыкъум сызэрытекIымкIэ сэ езым лъэIу тхылъ стхащ, - жиIащ ДыщэкI Хьэзрэт. - Фи фIэщ зэрыхъун, апхуэдэу щIэсщIэн щхьэусыгъуэшхуэ сэ сиIакIэ. Арати, зи зэфIэкI инымкIэ Новороссийск и «Черноморец»-м и пщIэр лъагэу зыIэта ДыщэкI Хьэзрэт аргуэру (ещанэу) абы и тренер нэхъыщхьэ къулыкъум текIащ. Апхуэдэ лъэбакъуэ гугъу езыгъэчар ди лъахэгъум хэIущIыIу ищIакъым. АрщхьэкIэ Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкIхэм ящIэрт мылъкушхуэ щызекIуэ, тенджыз ФIыцIэм и кхъухь тедзапIэ нэхъ ин дыдэр зи хэщIапIэ «Черноморец»-м футболым пэжыжьэ, ар лъэныкъуэ езыгъэз, уеблэмэ хэзыгъэкIуэдэж куэд зэрыщекIуэкIыр. Абы къыхэкIыу щIыпIэ командэри зэм лъагэу яIэтырт, адрейми куу дыдэу кIуэцIрагъэхурт. Шэч хэлътэкъым, зэман дэкIынурэ «Черноморец»-м и Iуэхур иджыри зэIыхьэжынут икIи адыгэ щIалэм къеджэжынут. Ауэ къыщыхуэныкъуэм и деж зыIэт, я Iуэху дэкIа иужькIэ къыхуэмеиж новороссийскдэсхэм Хьэзрэт дяпэкIи ядэIэпыкъуну пIэрэ? А упщIэм и жэуапыр хуабжьу тфIэхьэлэмэтт. Абы щыгъуэми ДыщэкIым дэнэ щIыпIи щIэупщIэшхуэ зэрыщиIэм и щыхьэтщ, зэгуэрым ехъулIэныгъэкIэ щылэжьа Астрахань занщIэу зэрырагъэблэгъэжар. Къызэрыхэдгъэщащи, ДыщэкI Хьэзрэт Краснодар крайм хуабжьу щыцIэрыIуэщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым хыхьэ Тэрч къалэм 1965 гъэм къыщалъхуа пэтми, абы футболист, адэкIэ тренер лъэщ къыщыхэкIар а щIыпIэращ. Армавир и «Спартак», «Торпедо» командэхэм, иужькIэ Новорос­сийск и «Цемент»-м (иджы «Черноморец»-м), Краснодар и «Кубань»-м пщIэрэ щIыхьрэ иIэу хэтащ. Топ джэгун папщIэ зэ закъуэщ ди республикэм къыщигъэзэжар. Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым а лъэхъэнэм хэта Бахъсэн и «Автозапчасть»-м 1997 гъэм кърагъэблэгъэжри, абы и фащэр щыгъыу зэIущIэ 17 иригъэкIуэкIати, плIэнейрэ къыщыхэжаныкIри, абдежым щыщигъэтащ. Псори зэхэту Совет Союзымрэ Урысей Федерацэмрэ я чемпионатхэмрэ кубокхэмрэ зэIущIэ 460-рэ щригъэкIуэкIащ ДыщэкIым икIи абыхэм топи 148-рэ я хьэрхуэрэгъухэм щахудигъэкIащ. Новороссийскдэсхэм яхэту 137-рэ къыхэжаныкIащ икIи абыкIэ къылъэщIыхьэн а командэм зэи щыджэгуакъым. Ди жагъуэ зэырхъунщи, куэдрэ къызэрыхъу хабзэу, хамэ щIыпIэм и пщIэр илъэс зыбжанэкIэ зыIэта, Iэзагъ ин зэриIэр псоми наIуэ защищIа джылахъстэней щIалэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ нэхъыщхьэ Налшык и «Спартак»-м и унафэщIхэм зэи гу лъатакъым икIи и зэфIэкIыр республикэм папщIэ къагъэсэбэпакъым. 2000 гъэм щегъэжьауэ ДыщэкI Хьэзрэт тренер IэнатIэм пэрытщ. Новороссийск и «Черноморец»-м, Тольятти и «Лада»-м, Астрахань и «Волгарь»-м, Новгород Ищхъэрэ и «Волга»-м, Химки и «Химки»-м, Владивосток и «Луч-Энергия»-м, нэгъуэщI куэдми ехъулIэныгъэкIэ щылэжьащ. Абы и унафэм щIэту «Черноморец»-мрэ «Волгарь»-мрэ япэ дивизионым дэкIуэтеящ, итIанэ новороссийскдэсхэр лигэ нэхъыщхьэм хигъэхьащ. Тренерхэм я курс нэхъыщхьэхэр Мэзкуу ехъулIэныгъэкIэ къыщиухауэ, Урысей Федерацэми, нэгъуэщI къэралхэми я премьер-лигэхэм щылэжьэну хуит зыщI «Pro» лицензэр иIэщ. 2017 гъэм ирихьэлIэу Новороссийск и «Черноморец»-р хэкIуэдэжыпэным нэсат. Уеблэмэ, ар етIуанэ дивизионым къыщыкIэрыхухэм ящыщт. Новороссийскдэсхэм зэрахабзэти, я Iуэхухэр хэкIыпIэншэ щыхъум, зыдагъэIэпыкъуну ДыщэкI Хьэзрэт аргуэрыжьу зыхуагъэзащ. 2018 гъэм Урысей Федерацэм щыIэну футболымкIэ дунейпсо чемпионатым и зэIущIэ зыбжанэ щрагъэкIуэкIын папщIэ мылъку куэд дыдэ трагъэкIуадэу Сочэ къалэм щызэрагъэпэщыжа, илъэсиплI ипэкIэ щIымахуэ Олимп джэгухэр къыщызэIуаха икIи щызэхуащIыжа «Фыщт» стадионым хуэфэщэну а щIыпIэм щызэхуашэса командэм и тренер нэхъыщхьэу лажьэ, къэкIуэну дахэ къызэрыпэщылъыр ищIэ пэтми («Сочи» гупыр мы гъэм япэ дивизионым щытекIуащи, етIанэгъэ премьер-лигэм щыджэгунущ) Хьэзрэт и псэм хэлъ Новороссийск къалэм еплIанэу тренер нэхъыщхьэу игъэзэжащ. ДыщэкIым и гъэсэнхэр иджы я хьэрхуэрэгъущ «Спартак-Налшыкым». Абы и фIыгъэкIэ ди нэкIэ долъагъу адыгэ щIалэм и унафэм зэрыщIэувэжрэ «Черноморец»-м зыужьын зэрыщIидзэжар. Къалэнышхуэхэр зэфIэбгъэкIын папщIэ зэман ухуейщ. Ар икIэм-икIэжым Новороссийск къыщратыну пIэрэ ДыщэкI Хьэзрэт? Хьэмэ, куэдрэ къызэрыхъуам хуэдэу, я Iуэхухэр зэрефIэкIуэжу лей къащIыжыну? ГъащIэм къызэригъэлъэгъуащи, а упщIэхэм я жэуапым кIыхьу дызэпигъэплъэну фэ теткъым. ДыщэкI Хьэзрэт зэIущIэр ирегъэкIуэкI. Пресс-конференцым къыщопсалъэ. Владивосток и «Луч-Энергия»-м щылажьэу. Новороссийск и «Черноморец»-м и рекорд псори зэщIэзыкъуа джылахъстэней щIалэ. Жыласэ Заурбэч.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "485.txt" }
НыбжьыщIэхэм я зэхьэзэхуэ Каратэ Налшык дэт Универсальнэ спорт комплексым щекIуэкIащ илъэси 10-11, 12-13 зи ныбжьхэм каратэмкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэ. Медалхэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэ 48-м къикIа спортсмен 754-рэ. МахуитIкIэ екIуэкIа зэпэщIэтыныгъэ гуащIэхэм нэхъ лъэщхэр наIуэ щыхъуащ. КуэдкIэ адрейхэм япэ ищащ Саратов областым и командэ къыхэхам щыщхэр. Псори зэхэту абыхэм къахьащ медаль 15 (ар хуэдитIкIэ нэхъыбэщ абы къыкIэлъыкIуэхэм зыIэрагъэхьахэм елъытауэ). Липецк областым и каратистхэр етIуанэщ. Абыхэм къакIэлъокIуэ Тверь областым къикIахэр. ЗэфIэкI хъарзынэхэр къагъэлъэгъуащ Мэзкуу къалэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм, Ростов, Новосибирск, Самарэ областхэм я командэхэм. Щхьэзакъуэ зэпэщIэтыныгъэхэм япкъ иткIэ «кумитэ» лIэужьыгъуэм дыщэ медалхэр къыщахьащ Гуэбэшы Арнеллэрэ (кг 32-рэ) Атмурзаевэ Зухърарэ (кг 36-рэ). Залиханов Къуанч (кг 42-рэ) етIуанэ увыпIэр иубыдащ. ТекIуий Алий (кг 30) жэз медалыр лъысащ. Зэхьэзэхуэм хэтахэмрэ командэхэм я унафэщIхэмрэ къыхагъэщащ Налшык щекIуэкIа зэпеуэр фIы дыдэу къызэгъэпэща зэрыхъуамрэ сытым дежи хуэдэу, КъБР-м щыпсэухэм я гуапагъэмрэ. ЖЫЛАСЭ Замир.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "486.txt" }
Къалэн гугъухэр зи пщэрылъ Шыпш Тимур Уи щIыпIэм къыщалъхуа, абы къыщыхъуаращ сыт щыгъуи укъэзыгъэпэжынур. Ар иджыри зэ нэрылъагъу щыхъуащ «Спартак-Налшыкым» и тренер нэхъыщхьэу Шыпш Тимур 2012 гъэм мэлыжьыхьым и 7-м ягъэува иужькIэ – Урысей Федерацэм футболымкIэ и премьер-лигэм къыхэнэн папщIэ бэнэныгъэ гуащIэ езыгъэкIуэкI ди командэр Новгород Ищхъэрэ къикIа «Волга»-м бжыгъэшхуэкIэ, 3:0-у, текIуащ, абы и пэкIэ хэнейрэ зэкIэлъхьэужьу къыхагъэщIа пэтми. Урысей Федерацэм футболымкIэ и премьер-лигэм щекIуэкI зэхьэзэхуэм иужьу щыхэта 2012 гъэм и пэщIэдзэращ Шыпш Тимур тренер нэхъыщхьэм и къулыкъур щыхуагъэфэщар. Абы ипэкIэ илъэс зыбжанэкIэ Красножан Юрэ, Ещтрэч Владимир, Ташуев Сергей сымэ я япэ дэIэпыкъуэгъуу, гупым и тренировкэ псори иригъэкIуэкIрэ командэм и гъащIэр и нэIэм щIэту къэгъуэгурыкIуащ. 2011 гъэм иужь дыдэу зэхаублащ гъатхэм щIидзэрэ бжьыхьэм иухыу щыта Урысей Федерацэм и премьер-лигэм и зэхьэзэхуэр. Унафэ къащтат дяпэкIэ зэпеуэр гъэмахуэм ирагъажьэрэ къыкIэлъыкIуэ гъатхэм зэфIагъэкIыну. Апхуэдэут европэ къэралхэм я футбол чемпионатхэр зэрагъэпсар икIи абы дызэрытемыхуэм тралъхьэрт Урысейм и командэхэм ехъулIэныгъэшхуэ дунейпсо зэпеуэхэм зэрыщамыIэр. Ящыгъупщэжат совет лъэхъэнэм апхуэдэуи зэреплъар икIи Iуэхум зыри къызэримыкIар. Ди къэралым и командэ нэхъыфIхэм зэрыхэта илъэсихрэ ныкъуэм и кIэух хъуащ а зэхьэзэхуэр «Спартак-Налшыкым» и дежкIэ. Адрей зэпеуэхэм ар къащхьэщыкIащ. Европей лъэхъэнэм трагъэхуэн папщIэ зэхьэзэхуэр илъэсрэ ныкъуэкIэ ирагъэкIуэкIащ: 2011 гъэм щыIам ипкъ иткIэ къахьа увыпIэхэм елъытауэ премьер-лигэр гупитIу ягуэшащ, къыкIэлъыкIуэ илъэсым и ныкъуэм нэхъыфIийм зэхагъэкIащ медалхэр зыIэрыхьахэр, адрейхэр гуп нэхъыщхьэм къыхэнэным щIэбэнащ. 2010 гъэм и кIэухым Мэзкуу и «Локомотив»-м ирагъэблэгъа Красножан Юрэ ихъуэжащ ди лъахэгъу футболист икIи тренер цIэрыIуэ Ещтрэч Владимир. АрщхьэкIэ зэман кIыхькIэ (илъэсихкIэ) лэжьапIэншэу щытати, топджэгум къыщыхъуа зэхъуэкIыныгъэхэм хуэмыхьэзыру къыщIэкIащ. Абы и унафэм щIэту иригъэкIуэкIа пэщIэдзэ зэIущIэм и закъуэщ «Спартак-Налшыкыр» зэрытекIуар икIи епщыкIущанэ джэгугъуэм иужькIэ трагъэкIащ. Ещтрэчыр зыхъуэжа Ташуев Сергеи нэхъыфIакъым. Пэжщ, абы и унафэм щыщIэта 2011 гъэм иригъэкIуэкIа джэгугъуэ 25-м и Iыхьэ тхуанэм «Спартак-Налшыкыр» щытекIуэри, къезыгъэл епщыкIуплIанэ увыпIэм зы очкокIэ фIэкIа пэмыжыжьэж хъуат. АрщхьэкIэ 2012 гъэм и пэщIэдзэм щыIа зэIущIихри фIахьа иужькIэ, ари трагъэкIащ. А шэшэн щIалэм лъэкI къигъэнакъым ди командэр кIуэцIригъэхун папщIэ. Апхуэдизрэ зэкIэлъхьэужьу къыхагъэщIа налшыкдэсхэм я гур иха хъуат икIи турнир таблицэм и иужьрей дыдэ увыпIэм къыщыхутат, нэхъ япэгъунэгъу я хьэрхуэрэгъум очкоипщIкIэ къыкIэрыхуу. Нэрылъагъут къэнэжа джэгугъуихым «Спартак-Налшыкыр» премьер-лигэм къызэрыхэмынэнур. АдэкIэ зытелэжьэн хуейр гъэ къакIуэм абы зыгъэзэжыфын гуп зэкъуэт къызэгъэпэщынырт. Апхуэдэ къалэн хьэлъэр пщэрылъ щащIащ къэралым и гуп нэхъыщхьэм хэта ди командэм и тренер нэхъыщхьэ псоми иджыри къэс «тренер нэхъыжь» цIэр зэрихьэу я дэIэпыкъуэгъуу щыта, илъэс пщыкIущкIэ ди командэм щыджэгуа Шыпш Тимур. Ар 1970 гъэм Нарткъалэ къыщалъхуат. Топ джэгуным зыщыхуигъэсари а щIыпIэращ. Сыт и лъэныкъуэкIи IэкIуэлъакIуэ, хьэрхуэрэгъухэм зэи къапимыкIуэт щIалэщIэм мыгувэу гу къылъатащ икIи и ныбжьыр илъэс тIощIым иту Прохладнэ и «Ремонтник» (иужькIэ «Кавказкабель») командэм хыхьащ. КъыкIэлъыкIуэ гъэм етIуанэ дивизионым хэт Бахъсэн и «Эталон»-м (иужькIэ «Автозапчасть» зыфIащыжам) ирагъэблэгъащ. Нэрылъагъут Шыпш Тимур гъуащхьэхъумэ Iэзэ къызэрыхэкIар. Арати, япэ лигэм зыкъыщызыгъэлъагъуэ Налшык и «Спартак»-м 1992 гъэм хагъэхьащ. Абы хэту Тимур зэIущIи 194-м щыджэгуащ икIи и хьэрхуэрэгъухэм топищ яхудигъэкIащ. Топ джэгуныр 2001 гъэм щигъэта иужькIи ар фIыуэ илъагъу футболым къыхэкIыжыфакъым. Шыпшыр тренер IэщIагъэм хуеджащ икIи къэралым и командэ нэхъыфIхэр игъэсэну хуит къэзыщI «А» категориер зыIэригъэхьащ. Абы гъэхутапIэ нэс хуэхъуащ 2012 гъэм и мэлыжьыхь (апрель) мазэр. Егъэлеяуэ щытыкIэ гугъум ихуа «Спартак-Налшыкыр» премьер-лигэм къызэрыхэмынэнур гурыIуэгъуэми, Къэбэрдей-Балъкъэрым гуп зэкъуэт иIэн хуейт, къэралпсо утыкум ди пщIэр щиIэту, ди щIыпIэм къыщалъхуа щIалэхэм я зэфIэкIхэр щагъэлъэгъуэну Iэмал яIэу. Арат зэрыщыгугъыр Шыпш Тимур зи тренер нэхъыщхьэу ягъэува «Спартак-Налшыкым». АбыкIэ щIэдзапIэ хъун хуейт мэлыжьыхьым и 15-м Налшык и «Спартак» стадионым щекIуэкIыну зэIущIэр. Премьер-лигэм щыIэ зэхьэзэхуэм ипкъ иткIэ, ди щIалэхэм кърагъэблэгъэнут Новгород Ищхъэрэ и «Волга»-р. Шыпш Тимур зи тренер нэхъыщхьэ хъуа «Спартак-Налшыкыр» а махуэм къыпхуэцIыхужынтэкъым. Ди щIыпIэм къыщалъхуа икIи щагъэса щIалэ зыбжанэ зэуэ зыхигъэхьа гупым дамэ къатекIам хуэдэт икIи щхьэ къэIэтыпIэ ирамыту я хьэрхуэрэгъухэр 3:0-у хагъэщIащ. ДжэгугъуихкIэ зэкIэлъхьэужьу абы ипэкIэ къызытекIуа налшыкдэсхэм я гугъэхэр къэщIэрэщIэжат. АрщхьэкIэ, бетэмал, кIасэIуэ хъуат. КъыкIэлъыкIуэу ирагъэкIуэкIа джэгугъуитхум зэ фIэкIа къыщыхамыгъэщIами, «Спартак-Налшыкыр» премьер-лигэм къыхагъэкIащ – абы хуригъэкъужакъым зэхьэзэхуэм и пэщIэдзэм ягъэкIуэдауэ иджы апхуэдизу зыхуэныкъуэ очко бжыгъэр. Апхуэдэу щыт пэтми, къэралым и командэ нэхъ лъэщхэм яхэту иужьрей зэIущIэхэм щыпсыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и футболым и къэкIуэнур куэдкIэ зэпха щIалэщIэхэу, къэралым и командэ лъэщхэм итIанэ ирагъэблэгъахэу Абазэ Руслан, Балэ Рустам, Болэ Руслан, Гъуэщокъуэ Арсен сымэ. ИужькIэ абыхэм яхыхьащ Щауей Алихъанрэ Мырзэ Резуанрэ. Ди щIыпIэм къыщыхъуа нэгъуэщI щIалэхэри Iэмал щагъуэтынум пэплъэрт. Шыпш Тимур абыхэм я зэфIэкIыр нэсу къигъэсэбэпащ икIи а Iуэхугъуэм и пщIэр нэхъри иIэтащ. Сыти жыIи, адыгэ, балъкъэр футболистхэращ республикэм и командэ нэхъыщхьэм нэхъыбэу хэтыпхъэр. Хамэр хамэщи, и Iуэху къыщикIымкIэ мэкIуэж икIи утыку укъранэфынущ. Укъэзыгъэпэжынур ууейращ. Ар фIы дыдэу къыгурыIуэрт «Спартак-Налшыкым» и тренер нэхъыщхьэ Шыпш Тимур. Аращ ди щIалэгъуалэр и плъапIэу щIыщытари. ИкIэм-икIэжым абы фIы къызэрытхуихьынуми шэч хэлътэкъым. Премьер-лигэм къыхагъэкIыжри, мазитI нэхъ дэмыкIауэ япэ дивизионым зэхьэзэхуэм щыщIадзащ. Шыпшым ихъумэфащ гуп зэкъуэтыр икIи увыпIэ нэхъ лъагэ дыдэхэм щIигъэбэнырт. Хьэ­лэмэтщ, зэпеуэм и гуащIэгъуэу абы дедгъэкIуэкIауэ щыта псалъэмакъыр уигу къэбгъэкIыжыну: - Зэхьэзэхуэр иухыным джэгугъуэ зыбжанэ иIэжу япэ увыпIитIым языхэз къызэрывмыхьыфынур наIуэ хъумэ, адэкIэ бэнэныгъэм къыпызыщэ ещанэ-еплIанэ увыпIэм фыщIэбэныну? ГурыIуэгъуэщ абы щыгъуэм фызыIущIэну премьер-лигэм и епщыкIущанэ-епщыкIуплIанэ командэхэм фазэрыпэмылъэщынур. - Дапхуэдэу хъуми, иужьрей зэIущIэм и иужьрей дакъикъэм пщIондэ дыныкъуэкъуэнущ. ИкIи япэ дивизионым и командэ нэхъыфIхэр премьер-лигэм къыщыкIэрыхухэм пэмылъэщыну жыпIэнри пэж дыдэу къыщIэкIынкъым. Псори щызэхэкIынур джэгупIэ губгъуэращ. - Фызыпэмылъэщын къалэнхэм зевмыпщытамэ нэхъыфIтэкъэ? Зы илъэс-илъэситIкIэ зывгъэхьэзыру, фи къарур зэрывгъэубыду, итIанэ премьер-лигэм фыщIэбэнмэ мынэхъыфIу пIэрэт? - Къалэнышхуэ зыхуумыгъэувмэ, зыри къохъулIэххэнукъым. Ди щIалэгъуалэхэм ящыщу Болэ Руслан, Абазэ Руслан, Мырзэ Резуан, Щэуей Алихъан, Гъурф Азэмэт, Мэкъуауэ Залым сымэ нэхъыжьхэр ирагъэкIуэтэкIыну ноби хьэзырщ. Абыхэм я Iэзагъым щыхагъэхъуэфынур бэнэныгъэ гуащIэм хэтмэщ. Шыпш Тимур и къалэн гугъум пэлъэщащ - Урысей Федерацэм футболымкIэ и япэ дивизионым 2012 - 2013 гъэхэм щекIуэкI зэхьэзэхуэр иухыным иджыри зы джэгугъуэ иIэжу «Спартак-Налшыкым» жэз медалхэр зыIэригъэхьащ. АдэкIэ налшыкдэсхэм мыхьэнэшхуэ зиIэ джэгугъуитI накъыгъэм (майм) и 30-мрэ мэкъуауэгъуэм (июным) и 4-мрэ къапэплъэрт. Абы хьэрхуэрэгъу къащыхуэхъуащ премьер-лигэм щекIуэкI зэхьэзэхуэм епщыкIуплIанэ увыпIэр къыщызыхьа Самарэ и «Крылья Советов»-р. Ди жагъуэ зэрыхъущи, «Спартак-Налшыкыр» абыхэм къыщыхагъэщIащ икIи къэралым футболымкIэ и гуп нэхъыщхьэм занщIэу ягъэзэжыфакъым. КъыкIэлъыкIуэ илъэсми, Шыпш Тимур зи пашэ налшыкдэсхэм япэ дивизионым еплIанэ увыпIэр щаубыдащ икIи премьер-лигэм щIэбэныну Iэмал аргуэру ягъуэтащ. Аргуэрыжьти, къайхъулIакъым. Абы иужькIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и унафэщIхэри яхъуэжащ икIи «Спартак-Налшыкыр» къэралым и гуп нэхъыфIым яхэту джэгун папщIэ зи мылъку емыблэжа Къанокъуэ Арсен и пIэкIэ ягъэувам футболым япэ иригъэщын Iуэхугъуэ куэд иIэу къыщIэкIащ. Шыпш Тимур дэнэ къэна, зэрыкомандэуи республикэр хуэмеиж хъуащ икIи, яхуэмыпшыныжын щIыхуэм щIигъанэри, пIалъэкIэ щызэхуащIыжа къэхъуащ. Иджы, ди жагъуэ зэрыхъунщи, «Спартак-Налшыкыр» урысей футболым и лъащIэ дыдэм (етIуанэ дивизионым) курыт зэфIэкIхэр щызиIэхэм ящыщщ. ИлъэситхукIэ топджэгу иным пэIэщIэу щытауэ, нэгъабэ Шыпшыр Тамбов ирагъэблэгъащ. А къалэмрэ областымрэ я унафэщIхэм мурад быдэ ящIат я щIыпIэ командэр, зэи къэмыхъуауэ, премьер-лигэм хагъэхьэну. Налшык и «Спартак»-м илъэс зыбжанэкIэ щыджэгуа Искаков Муратрэ Шыпш Тимуррэ (зыр тренер нэхъыжьу, адрейр тренер нэхъыщхьэу) а къалэным телъыджэу пэлъэщащ икIи «Тамбов»-р къэралым футболымкIэ и гуп нэхъыщхьэм иджыблагъэ хашащ. Дыщыгугъынщ апхуэдэ зэфIэкI «Спартак-Налшыкми» къыщигъэлъэгъуэну Шыпш Тимур зэгуэр Iэмал къыхукъуэкIыжыну. Абы щIохъуэпс Къэбэрдей-Балъкъэрым футболым щыдихьэх цIыху минхэр. ЗэIущIэр щекIуэкIкIэ етIысэхыгъуэ иIэкъым. Шыпшым и гъэсэнхэм текIуэныгъэр ягъэлъапIэ. «Тамбов»-м и гъуащхьауэ Мамты Хьэсэн дэщIыгъуу. «Россия» телеканалым и «Меню сегодня» нэтыным адыгэ шхыныгъуэ щепщэфI. ЖЫЛАСЭ Заурбэч.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "487.txt" }
УсакIуэр ягъэлъапIэ Махуэгъэпс КъБР-м, КъШР-м я цIыхубэ усакIуэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Ацкъан Руслан и ныбжьыр илъэс 70 зэрырикъур иджыблагъэ щагъэлъэпIащ Лэскэн щIыналъэм хыхьэ, усакIуэр къыщалъхуа Ерокъуэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм. УсакIуэр и къуажэжьым ирагъэблэгъэжащ езым и Iэдакъэ къыщIэкIа сатырхэмкIэ - еджакIуэ цIыкIухэр къеджащ Хэкум, щалъхуа къуажэм, сабиигъуэм, щIыуэпсым, лъагъуныгъэм теухуауэ Руслан итхахэм, апхуэдэуи езым хуэгъэзауэ ятха усэхэм, хъуэхъухэм. Ерокъуэ къуажэм и администрацэм и унафэщI Бэрсокъуэ Амур хьэщIэхэм егъэблагъэ псалъэкIэ къапежьащ, Руслан и унагъуэм гуапэу тепсэлъыхьащ. Ерокъуэм и ветеранхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Сындыку Умэрид къызэрыхигъэщащи, Руслан и адэ Хьэсбий лэжьакIуэшхуэу къекIуэкIащ, къуажэм пщIэ къыщыхуащIу щытащ, пенсэм тIысыжа нэужьи, ветеранхэм я советым и тхьэмадэу лэжьащ. «Зэщхьэгъусэхэм я бынхэм щIэныгъэ ирагъэгъуэтащ, цIыху хуэдэ цIыхуу ягъэсащ. Руслан и адэ-анэм я пщIэм хуэфащэу мэпсэу»,-къыхигъэщащ абы. Къуажэ совхозым и унафэщIу илъэс куэдкIэ лэжьа Уэркъуасэ Владимир гуапэу игу къигъэкIыжащ Руслан и адэХьэсбий цIыху гуащIафIэу зэрыщытар, абы къигъэна лъэужь дахэр жылэдэсхэм ноби зэращымыгъупщэр. «Дрогушхуэ Руслани и адэм зэрыхуэфащэм», - жиIащ Уэркъуасэм. Лэскэн щIыналъэм и щIыпIэ администрацэм къыбгъэдэкIыу пшыхьым къыщыпсэлъащ абы и унафэщIым и къуэдзэ Сэбаншы Аскэрбий, район администрацэм усакIуэм хуигъэфэща ЩIыхь тхылъри къритыжащ. - Ацкъан Руслан нобэ псалъэ гуапэу хужаIэхэр езым къилэжьыжащ, - жиIащ Нылшык дэт БизнесымкIэ институтым и УнафэщI Хъурей Феликс. - Сэ сыныфхэплъэри, сегупсысащ: мыпхуэдэ къуажэ дахэм, жылэ гуапэм Руслан хуэдэ цIыху дауэ къыдэмыкIынрэт! Фэ фхуэфащэщ Руслан. Ацкъаным и усыгъэм, и сонетхэм я зэхэлъыкIэм еджакIуэхэм яхутепсэлъыхьащ филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор БакIуу Хъанджэрий. - Сыхуейщ, фэ еджакIуэ цIыкIухэм Ацкъан Руслан щапхъэ фхуэхъуну. Ар цIыху пэжу дунейм тетщ,- жиIащ абы. УсакIуэм теухуауэ къэпсэлъащ тхыдэтх БейтыгъуэнСэфарбий. - Ацкъан Руслан теухуауэ зэгуэрым Тхьэгъэзит Зубер къызжиIат мыпхуэдэу: «Иджыпсту тхэ щIалэгъуалэм Ацкъан Руслан ебгъэпщэн яхэткъым». Руслан зи псалъэм шэч къытумыхьэ усакIуэщ. И тхыгъэхэм щIэх-щIэхыурэ къытезгъэзэжурэ соджэ, си гум дохьэ. Сэ абы сыщыдэлэжьащ тхылъ тедзапIэм - и дуней тетыкIэм сыщыгъуазэщ. И щэнкIэ, цIыху хэтыкIэкIэ, акъылкIэ, лъэпкъым зэрызыщIигъакъуэ къарукIэ Руслан адыгэлIщ. Хьэл дахэ куэд дыболъагъу. Псом нэхърэ нэхъ телъыджэри?! ПсалъэкIэ къыумыIуэтэфыну къыпфIэщI гупсысэхэм яхуэфэщэн псалъэхэр IэкIуэлъакIуэу къахуегъуэт. Руслан и дуней тетыкIэм ещхьщ и усэкIэри. Ди адыгэ литературэм лирикэ и лъэныкъуэкIэ сытепсэлъыхькIэрэ, сэ Руслан теухуауэ мыпхуэдэу жызоIэ: адыгэ гурыщIэм теухуа гупсысэр дуней псом тезышэщIа усакIуэ. АдэкIэ Ацкъан Руслан теухуауэ къэпсэлъащ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и Тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. Мухьэмэд къытеувыIащ студент гъащIэм теухуа гукъэкIыжхэм, усакIуэм и IэдакъэщIэкIхэм хуабжьу зэрыдихьэхри къыхигъэщащ: - Руслан итххэм я нэхъыбэр къыздрихыр сэ къызгурыIуэркъым, и гупсысэхэр апхуэдизкIэ куущи. Ауэ ахэр итхын папщIэ Тхьэм къару телъыджэ къретри, и Iэдакъэм апхуэдэ дахагъэ куэд къыщIэкIыу псэуну си гуапэщ. - Си адэшхуэм зэритхауэ, «Пшыналъэр бгъунлъэмэ, лъэпкъыр мэукIытэ». Руслан, ущIэукIытэну зы сатыр закъуи лъэпкъым пкърыплъхьакъым! Мы дунеижьым узыншагъэ уиIэу Тхьэм утригъэзашэ! - ехъуэхъуащ усакIуэм композитор, усакIуэ ХьэIупэ ДжэбрэIил. - Тхьэм фысхуигъэпсэу, фысхуигъэузыншэ! Ди къуажэм и щIэблэ дахэ нобэ слъэгъуащ, ар сэ гурыфIыгъуэ схуэхъуащ,- фIыщIэ яхуищIащ пшыхьыр зращIэкIа Ацкъан Руслан абы кърихьэлIахэм. Пшыхь дахэр лъапэрисэ къафэкIэ зэхуащIыжащ. НАФIЭДЗ Мухьэмэд.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "488.txt" }
Макъамэ къызыхэIукI усэхэр «Псэр зокIуэ псалъэм и къарукIэ» щыжеIэ Ацкъан Руслан и усэхэм ящыщ зым. Езым псалъэм и къарукIэ дунейм и теплъэ телъыджэхэр ди нэгум щIегъэкI, гъащIэм щэхуу хэлъым дрегъэгупсыс, мыхьэнэ зэдмыта Iуэхугъуэ щхьэхуэхэм нэгъуэщIынэкIэ дрегъэплъыж – гъащIэ хъужыр усэбзэкIэ еIуатэ. ЕIуатэ уэгумрэ щIылъэмрэ зэзышалIэ, зэзыгъэпсалъэ хъэтI щIэщыгъуэкIэ. Ацкъан Руслан и усэхэм упсэуну уагъэпIащIэ, усэбзэм гъэру иIыгъ псэр ягъэпIейтей, яхуз, итIани жьы драгъэхуж. УсакIуэм гъащIэр елъытэ, псэуну йолъэдэкъэщыкI. Ар хыболъагъуэ мывэр къыпхызытхъ удзыщIэм и образым: Къыпхитхъыу мывэр дыгъэ бзийхэм лъыхъуэ Удзыпэ цIыкIур псоми къраухьэкIи. Сыт щIыкIэу хуей уигу темыхуэн лIэныгъэр, Апхуэдэу гъащIэр фIыуэ плъагъун щхьэкIэ?! Сабиигъуэ. ЩIалэгъуэ. Жьыгъэ. ЦIыхур зыхэпсэукI зэманхэм дыхегъаплъэ зэпымычу. Псом хуэмыдэу егъафIэ сабиигъуэр. Щалъхуа пщIантIэм и гупсысэр щыхуэкIуэкIэ, усыгъэ лIыхъужьыр япэу зыIущIэр сабиигъуэрщ икIи абы насыпыфIэ ирохъу. «Си нитIым нэхур къыщыфэнщ» жеIэ усакIуэми, гъащIэм и IэфIыпIэ курыхыу сабиигъуэр зэрыщытыр адэкIи хьэкъ тщещI: А зы бэуэгъуэм и IэфIагъыр и куцIу гъащIэм къыщIэкIынщ. Си сабиигъуэм и Iубахъэр къызэрысIууэу - куэд слъэкIынщ. УсакIуэм сабиигъуэр куэдрэ ирегъэщхь псынэм: Къолъэдэжри си бгъэгу сабиигъуэр, къызощIэж псынэм и бзэр!.. («Псынэм ехь си нэ-си псэр»), Къыдоплъей къуэ лъащIэм псынэ, езгъэщхьу джэгу сабийм. (Гъэзэжи къэгъэщIэж уи гъащIэр») ГъащIэм зэманым зырызыдихъуэжым телъыджэу тоусыхь Ацкъаныр: «Йощэщыр гъэхэр уафэ гъуанэм, сыкIэлъыIэбэурэ йощэщ», «Гухэлъ хисхьахэм я щыхьэту, си щхьэцым яжьэр къызэпхопс», «Зэманым Iупсыр иригъэхыу псэм къоплъри, ищIэркъым гущIэгъу». ЩIыуэпсыр, дунейм и къэхъукъащIэхэр усакIуэм зыкIэ IэкIуэлъакIуэу къегъэсэбэпри! Ахэри образ щхьэхуэу къыхоувэ усэ сатырхэм. Псыр, мафIэр, жьыбгъэр, дыгъэр, вагъуэхэр, гъуэгур, жыгхэр, уэсыр… Щапхъэ зыбжанэкIэ деплъынти, псалъэм папщIэ, псыр усакIуэм къызэригъэпсалъэм: Толъкъун псыгъуэр, Iуданэу етIатэ, Зэредзэжри, къысфIощI загъэгусэ («Псынэм ехь си нэ-си псэр»); Дунейм хуохъуахъуэ псыежэхыр, Iэгуауэу мывэхэр зотIыркъ. («Гъатхэ жэщ»); Псыежэхыр зыщIар щхьэхуэпсалъэ Гъуэгуанэ кIыхьыр аракъэ езыр. («ЩыIэкъым зыщIэ гъуэгум и пIалъэ»). Ацкъаным и мафIэр зэщIост, мэлынд, зоджадэ, «щхьэегъэзыпIэ къелъыхъуэ»: МафIэ зеджадэ, хьэкум илъ мафIэ - тIуми псэхупIэ ямыгъуэтын. Жьапщэм и хьэлыр усакIуэм гъэщIэгъуэну дегъэцIыху. Зэм ар зыпэмыплъауэ (жьыбгъэу) къыщIедз», зэм «золъатэ жьапщэр, хъууэ бауэкIэщI, еIуатэ хъыбар кIыхьу зэ жыIэгъуэр», зэм «и бэуэгъуитI зэмыщхьу къопщэ». Ацкъаным и усыгъэм ухэткIэрэ, щIыуэпсым щыщ уохъу. КъэкIыгъэм, псым, губгъуэм, уафэм, дыгъэм, щIылъэм, жьапщэм жаIэр зэхыбох, я гуауэр зыхыбощIэ, я гукъеуэр зыхыбощIыкI, гурыфIыгъуэ гуэрхэр къахуболъыхъуэ. Хьэпшып щхьэхуэхэр, Iуэхугъуэхэр къегъэпсэупэри, ахэр псэ зыIутым пыдощI. ИтIанэ, телъыджэу зыкъызэредзэкIри, хьэпшып щхьэхуэм псэ зыIутыр иригъапщэкIэрэ, псэ Iумытыж мэхъу. Къэгъэпсэуныгъэ Iэмалыр зэгъэдзэкIауэ къэгъэсэбэпа мэхъу. Унэ кхъахэхэм ирегъапщэ мыпсэужхэр. Зи блын къищэщ, зи Iэбжэ-набжэ хэсысыхь унэ бгынэжам жьыбгъэр хуит щыхъуащ, пщIантIэр удз кIырым зэщIищтащ, бзу макъи абы къыдэIукIыжкъым. Ауэ… усыгъэ лIыхъужьым а унэр игу илъщ, псэкIэ абы пыщIащ. ЩыIэщ уи нэр хуэза къыщыпщыхъу мис апхуэдэу Iыхьлы мыпсэужым, - жеIэ усакIуэм. УсакIуэм и тхыгъэхэм куэду хэтщ укъэзыгъэуIэбжь сатырхэр. Мыр зы щапхъэ закъуэу аращ. Усыгъэм и бзэкIэ дунейм и Iэгум кърещыпыкIыр образ. Абы и «вагъуэхэр мэкIэзыз», «ятIагъуэ бгъэгур къегъачэ», и «пшагъуэр хьэлъэу мэбауэ», и «дыгъэр мэукIытэ», и «жыгхэр къожеех», и «псыежэхыр мэхъуахъуэ», и «бжьыхьэ жэщыр мэщэIу». Жыжьэ уегъэгупсысэ Ацкъаным и усыгъэм къыхэщ лъэпкъ гурыгъузым. ЛIыхъужьыгъэ тхыдэ дыщроплъэж сатырхэм. Абы лъэпкъым и шыфэлIыфэр нэсу къыхощ: лIыгъэ ищIэнумэ, ажалым зыпыIуидзынукъым адыгэм, атIэ абы нэхъри бгъэдэкIуэтэнущ. И къалэмыр лъэпкъым щыхуигъабзэкIэ, тхыдэ Iэужьыр IупщIу тыболъагъуэ. Гурэ псэкIэ лъэпкъым дыкъуегъэувэ, дыхуегъэгузавэ, дегъэгупсысэ, дыхегъаплъэ. Гу лъащIэм къыщыплъа упщIэ куэди лъэпкъым хуэгъэпса усэ сатырхэм хоупщIыIуэж. Мыри зыхыбощIэ: адыгэ лъэпкъыр зыгъэуардэр и лIыгъэрщ! ЩIэщыгъуэу къыхощ усыгъэм гухэлъыр. Гумахэ-псэмахэ мэхъу ар къызыпкърыхьар: Зым хулъэмыкIыу щIиуфэн щыджэгут си нитIым гухэлъ мафIэр. Е: Абы я гъащIэм сыщыкIуэдт, езым си гъащIэр сщагъэгъупщэу. Ацкъаным и дэтхэнэ усэри макъамэ щабэу мэIу. А усыгъэ лъахэм зыщызыплъыхьа гум Iэмал имыIэу гуапагъэрэ дахагъэрэ лъэужьу къытонэ. ГУГЪУЭТ Заремэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "489.txt" }
ЛIэщIыгъуэм и цIыху Адыгэм ди гъащIэм зэхъуэ­кIыныгъэшхуэхэр къыщыхъуащ: бгъэныщхьэ унэм щIэкIри унэ зэтетхэм Iэпхъуахэщ, фэтыджэн уэздыгъэр электрокъарукIэ яхъуэжащ, пхъэгъэсын жаIэжыркъым - газкIэ мэпщафIэ, дамащхьэкIэ псы къахьыжыркъым, выгу-шыгу зезыхуэу щытахэр «Мерседес»-м итIысхьащ. Телефон, телевизор къызэрыгуэкIхэр зэрамыпэсыжу, жып телефонымрэ спутник телевиденэмрэ зрапщыт, Iэпэ шоты­жьыр ягъэтIылъауэ, компьютер лъэщхэм бгъэдэсщ. Ауэ Iуэхуракъэ, дызыхуэмей гуэрхэри къыздахь, адыгэ хьэл-щэныр ягъэу­жьых, ди анэдэлъхубзэр къытфIызэIащIэ. ДИ ЖАГЪУЭ-ди гуапэми, адыгэ Iэнэм уэрэдыжьрэ хъыбарыжьу щызэпадзыжыр мащIэ дыдэщ. Нобэ къытщIэхъуэ ди щIэб­лэм я дежкIэ телевизор экраным къи­лъадэ персонажу «Черепашки-нин­дзя»-хэр, «Человек-паук», «Бэтмэн» сымэ нэхъ нэIурытщ нарт Сосры­къуэ, Бэдынокъуэ сымэ нэхъ­рэ. Пэжщ, а Iуэхум ди мызакъуэу, лъэпкъышхуэхэри егъэгузавэ, зэрызахъумэжын Iэмалхэр къалъы­хъуэ. Дэри, лъэпкъыу дыкъызэте­нэну ды­хуеймэ, дунейпсо цивилизацэм ды­зэрыдэгъуэгурыкIуэн Iэмалрэ хэ­кIы­пIэрэ къэдгъуэтын хуейщ. Адыгэм ди IуэрыIуатэр зэхуэ­хьэ­сыжын, джын, ар цIыхубэм я пащ­хьэм екIуу илъхьэжын я лъэны­къуэкIэ, ХХ лIэщIыгъуэм Зырамыку нэхърэ нэхъыбэ зылэжьа гъуэты­гъуейщ. XIX лIэщIыгъуэм апхуэдэу диIащ Нэгумэ Шорэ, ХьэтIохъущокъуэ Къазий, Тамбий Пагуэ. КъардэнгъущI Зырамыкуи, абыхэм хуэ­дэу, и гъащIэр зытеухуауэ щытыр лъэпкъ тхыдэр, IуэрыIуатэр хъумэ­нырщ. Тхьэм жимыIэкIэ, ауэ, итIани, шынагъуэ щыIэщ дызыхуэкIуэ лIэщIыгъуэм Зырамыку хуэдэу Iуэ­рыIуатэкIэ Iэзэ лъэпкъым къыщIэ­мыхъуэжынкIэ. Псалъэм къыдэ­кIуэу жытIэнщи, сабийр къэгъэнауэ, егъэ­джакIуэ дапщэ бгъуэтыну «уэкъулэр» зищIысыр ящIэу, е «Суншыжь гущэм и тобылыгъур пщы дадэм и зэпэбашт», е «Пы­лыжьым и пкъыр зи убыдакъ» жы­хуиIэ псалъэхэр тэмэму зэпкърихыу къыбгуригъэIуэфыну? АтIэ ахэр къыбгурымыIуэмэ, бзэм и IэфIыр умыщIэу аращи, абы щыгъуэм уи адыгэнри нэхъ кIэщI мэхъу. Зырамыку и цIэр зэхэзымыха адыгэ гъуэтыгъуафIэкъым, тхылъ­кIэ, уэрэдкIэ ирехъу, псоми ялъэIэсащ. Хэкум къыхуэпабгъэу хэхэс ­хъуауэ хамэ щIыналъэхэм щыпсэу адыгэхэр нарт пшыналъи, адыгэ уэрэди, адыгэ хъыбарыжьи, адыгэ таурыхъи хуабжьу хуэныкъуэт. Сыту жыпIэмэ, зэпыщIэныгъэ щыIэтэкъым, къэралым цIыхухэр икъу­зырт. Мис а лъэхъэнэм «и чэзу дыдэу» Зырамыку абыхэм ялъэ­Iэсащ. И макъ дахэмкIэ къихьэ­хуащ. КъардэнгъущIыр адыгэ псоми фIыуэ тцIыху къудейм къыщымынэу, фIыуэ долъагъу. Апхуэдизу ар гупсэгъу тхуэзыщIым и щхьэусы­гъуэ нэхъыщхьэр дэ фIыуэ тлъагъу ди лъэпкъ IуэрыIуатэр Зырамыку фIыуэ зэрищIэрщ. Ар ноби гукIэ къе­джэфынущ «Нарт» эпосым и Iыхьэ нэхъыфIхэу Сосрыкъуэ, Бэдынокъуэ, Ашэмэз, Мэлэчыпхъу сымэ я пшыналъэхэм. Жьыми щIэми уэрэдищэ бжыгъэ, хъыбархэри и гъу­сэжу, къыбжиIэфынущ. «КхъыIэ, Зырамыку, умысымаджэ. Щэбэтым фылажьэу сщIамэ, сынэкIуэнут, ­адрей махуэхэм хьэ епхам сы­хуэ­дэщ. Узыншагъэ дахэ Алыхьым ­къуит, уэрэдыжьхэм я тхьэу ди Зы­рамыку», - къетх Къубэ-Тэбэ щыщ Къэзан Толэ. Зырамыку и ныб­жьэгъу, тхакIуэ, щIэныгъэлI цIэ­рыIуэ Нало Заур и фIэщу, жиIэр фIэмащIэу, Къар­дэнгъущIым и гъащIэмрэ и лэжьыгъэмрэ зэпкърыхауэ щIытетхыхьари, абы и теплъэр скульптор ТхьэкIумашэ Михаил мывэм къы­щIыхиIущIыкIыфари, Бгъэжьно­къуэ Заурбэч, Црым Руслан, КIыщ Мухьэдин сымэ абы и сурэт щIат­хари, Жылау Нурбий, IутIыж Борис, Щоджэн Леонид сымэ хъуэхъу усэкIэ зыкъыщIы­хуагъэзари ады­гэлI­ щэджащэм лъэпкъым хуилэ­жьар арщ. Быдэу си фIэщ мэхъу дэ ди яужь къиувэну щIэныгъэлIхэмрэ тхакIуэ­хэмрэ дяпэкIи Зырамыку и гъащIэмрэ гуащIэмрэ мызэ-мытIэу зэрытетхыхьынур. Зырамыку къызэралъху махуэрэ и щхьэм кърикIуар зэрыщыту тхы­дэщ, драмэщ, тхыдэм къыхуалъхуа дэтхэнэ зы лIы Iущми хуэдэу. Абы и щыхьэтщ тхыгъэ хьэлэмэт хъуа Зырамыку и «Гукъинэжхэр». Ди адыгэ щэнхабзэм и тхыдэм увыпIэ хэха щиубыдын хьэзыру къалъхуа Зырамыку, ар езым пасэу къыгурыIуэжа хуэдэ, сакъыу, зыкIэ­лъыплъыжу, зыхущIегъуэжын лъэпкъ имылэжьу мэпсэу, зыхалъ­хуа зэманыр «цIантхъуэрыгъуэу» екIуэкIа пэтми. Илэжьри зыхуилэжьри ищIэжу гъащIэр ирехьэкI. Ар насыпышхуэкъэ?! Зырамыку щалъхуа жылэр ­пщыш­хуэ жылэщ, Жанхъуэт и къуэ Кушыку и къуажэ Жанхъуэтхьэб­лэкIэ зэ­джэу щытарщ. Апхуэдэу щыщыткIэ, абы тхыдэм, хабзэм, лIыгъэм пщIэ лей щыхуащIу къогъуэгу­ры­кIуэ. Арагъэнщ лъэп­къыр зэ­ры­гушхуэ лIыфI куэд - Акъсырэ Залымхъан, Сонэ Башир, Болэ Мурат, Яхэгуауэ Михаил, Мысачэ Пётр, Мысостыш­хуэ Пщызэбий, Црым ­Руслан, Жа­нэ Мурат, Мэкъуауэ ­Мурат сымэ хуэ­дэхэр - Псыгуэнсум къыщIы­дэкIыр. Сурэтым: Шортэн Аскэрбийрэ Зырамыкурэ. 1962 гъэ СОКЪУР Валерэ, тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "49.txt" }
Япэ адыгэ скульптор Къалмыкъ Фёдор Къэбэрдей-Балъкъэрым и япэ адыгэ скульптор Къалмыкъ Фёдор Батырбэч и къуэр псэужамэ, мазаем и 15-м илъэс 87-рэ ирикъу­нут. Ар ­Бахъсэн ­районым хыхьэ Куба къуажэм 1932 гъэм къыщалъ­хуащ. ЗэрыцIыкIурэ дэзыхьэх сурэт щIыным Налшык къэIэпхъуа иужькIэ зыщыхуигъэсащ Сабий творчествэмкIэ унэм. Курыт школыр къиух­ри, Фёдор 1947 гъэм щIэтIысхьащ Саратов щыIэ художественнэ училищэм ­скульптурэмкIэ и къудамэм. Ар къиухри, Налшык къигъэзэжащ. Колхозхэт Къал­мыкъ Батырбэчрэ Ленинс­кэ еджапIэ къалэ цIыкIур къэзыуха абы и щхьэгъусэ Алъхъэс Назифэрэ уна­гъуэ насыпыфIэ яухуауэ Куба къуажэм щыпсэурт. Зэщхьэгъусэхэм бынищ къащIэхъуат: Тамарэ (1924), Iэхьед (1928), Фёдор (1932). Иужьыр дунейм къыщытехьа гъэ дыдэм бынунэм ажал гущIэгъуншэр къахэIэбэри, адэр ящхьэщихащ. Анэм сабиищыр ипIу, 1936 гъэ пщIондэ Куба къуа­жэм дэсащ. Зэманыр гугъут, сату щIэныр зи лэжьыгъэ Назифэ къуа­жэм IэнатIэ щигъуэтыр-тэ­къым. Бынищ зыпIыну къызыпэщылъ анэ дэ­Iэпыкъуэгъуншэм Нал­­шык фэтэр къыщищ­тэри, тыкуэнтету лэжьэн щIи­дзащ. Зыгъэлажьэхэр къы­­дэIэ­пыкъури, и быни­щыр «Партизан плъыжь» Сабий унэм иратащ. Iэхьедрэ Фёдоррэ сурэт щIынымкIэ къызэрыхэжаныкIым егъэджа­кIуэ­хэм гу щы­лъа­тэм, Са­бий творчест­вэмкIэ унэм щагъа­сэ су­рэ­тыщI ныб­жьы­щIэ­хэм я гу­пым хагъэхьащ. Зэ­къуэ­ши­тIым я кIэн къикIат - ахэр зыхэ­хуар РСФСР-м щIыхь зиIэ и сурэтыщI цIэрыIуэ, ­КъБАССР-м гъуа­зджэ­хэм­кIэ щIыхь зиIэ и лэ­жьакIуэ Гусаченкэ Николай и гупырт. Тхыдэм къызэры­хэ­щыж­­щи, ВКП (б)-м и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым и япэ секретару лэжьа, къэрал псом къыщацIыху Къалмыкъ БетIал 1938 гъэм ягъэтIысащ, «лъэпкъым и бий» цIэр къыфIащри. Батырбэч и адэ къуэшым и ­къуэ Къалмыкъ БетIал тралъ­хьа пцIым и зэранкIэ, Тамарэ, Iэхьед, Фёдор сымэ Сабий унэм къыщIагъэкIыжащ. Сабий творчествэмкIэ унэм екIуалIэ сурэтыщI ныбжьыщIэхэм я гупми къыхагъэкIыжащ зэкъуэшитIыр. Нази­фэ щыпсэу фэтэрым и бынищыр къишэжащ. Къал­мыкъ БетIал дунейм ­ехыжа нэужьщ Iэхьедрэ Фёдоррэ сурэтыщI ныб­жьы­­щIэхэм я гупым щы­­хагъэхьэжар. Я егъэджакIуэ Гусаченкэ Николай сурэтыщI Iэзэ хъуну щIэхъуэпс зэкъуэшитIым гущIэгъу яхуищIу нэхъ нэ лейкIэ еплъырт, зи адэ зыщхьэщымытыж ныб­жьыщIэхэм хузэ­фIэ­кIымкIэ ядэIэпыкъурт. «СурэтыщI Iэзэ къы­ф­хэ­кIынущ», - жиIэурэ тригъэгушхуэрт. 1938 гъэм къыщыщIэ­дзауэ 1941 гъэ пщIондэ ныб­жьыщIэхэр егугъуу еджащ. Зауэм зэрыщIидзэу, илъэс 16 фIэкIа зи мыныбжь я шыпхъу Тамарэ, медсестра лэ­жьыгъэм зэман кIэщIкIэ зы­щыхагъэгъуазэ курсыр къиухри, езым и фIэ­фIыныгъэкIэ фронтым кIуащ, Хэкум зэримыбийр, атIэ абы хуиIэ лъа­гъуныгъэр къигъэлъэ­гъуэн щхьэкIэ. Тамарэ и псалъэхэм еп­цIыжакъым, бийм хахуэу, къикIуэт имыIэу пэ­­щIэтащ. Бзылъхугъэр зэрыхахуэм и хъыбарыр япэ дыдэу щызэхахар зыхэт гупым и унафэщIым къыбгъэдэкI письмо и анэ Назифэ къы­хуэкIуа нэужьщ, хэкупсэ нэс зэригъэсам папщIэ абы фIыщIэ къыхуищIу. А хъыбарыр Шэджэм Езанэм щынэсым, Назифэ и дэлъху Щхьэболэт Брамтэ къуажэм кIуэри, и шыпхъумрэ абы и щIа­литIымрэ зришэлIэжащ икIи хузэфIэкIымкIэ ядэIэпыкъуащ. Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэмыцэ-зэрыпхъуа­кIуэ­хэм къыIэщIагъэкIыжа нэужь, Тамарэ къэкIуэжащ. Зауэм и мафIэ лыгъейм ар гъущIым хуэдэу ипсыхьат. И дэлъхуитIым ар яхуэхъуапсэрт еджапIэ щIэтIысхьэу гъуа­з­д­жэмкIэ яIэ щIэныгъэм пащэну, я Iэзагъэм хагъэ­хъуэну, су­рэтыщI нэс къа­хэкIыну. Апхуэдэ еджапIэ Шэджэм дэттэкъыми, Налшык Iэп­хъуэжын ­хуейт, ауэ щып­сэун яIэтэкъым. Тама­рэ Налшык къалэ испол­комым зы­хуигъэзащ икIи, зауэм зэрыIутар къа­­лъы­тэри, а зэманым Клиничес­кэ уэраму щыта, иджы Мечиевым и цIэр зезыхьэм хуэзэу щIы къыщратащ, псэуа­лъапхъэхэмкIи къыдэIэпы­къуащ. Ап­хуэ­дэу яухуащ Къалмыкъхэ я лъапсэ нобэми щытыр. 1957 гъэм, Къэбэрдейр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 400 щрикъум ирихьэлIэу, КъБАССР-м и сурэтыщIхэм я гъэлъэгъуэныгъэу Москва ще­кIуэкIам абы и лэжьыгъэхэри хэтащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым Совет властыр зэрыщыуврэ илъэс щэ ныкъуэ зэ­ры­рикъум и щIыхькIэ къы­зэрагъэпэща «Совет Ипщэ» гъэлъэгъуэныгъэм нэхъы­фIу къыщалъытат абы и лэжьыгъэр. А гъэ дыдэм ­СССР-м и СурэтыщIхэм я зэгу­хьэ­ны­гъэм хагъэхьащ. Зэман дэкIри, КъБАССР-м и СурэтыщI­хэм я зэгухьэныгъэм и п­равленэм и япэ секретару хахауэ щытащ. Республикэм и гъуазджэм хуищIа хэлъхьэныгъэр къалъытэри, «Лэ­жьыгъэм щиIэ ехъу­лIэ­ныгъэм папщIэ» ме­далыр къыхуагъэфэщащ. ­КъБАССР-м и сурэ­ты­щI­хэм ящыщу апхуэдэ дамыгъэ япэу зратар аращ. Къалмыкъ Фё­д­ор лэ­жьы­гъэ 40-м щIигъу и Iэдакъэ къы­щIэ­кIащ. Ахэр нэхъыбэу зыт­риу­хуари республи­кэм и цIыху цIэ­рыIуэхэрщ: дирижёр АфIэунэ Хьэмид, механизатор Джантуев Тамушай, жэмыш Атэбий ФатIимэт, шыхъуэ пэрыт, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Къал­мыкъ Хьэжмурат сымэ, нэ­гъуэщIхэми. Фёдорщ зи лэжьыгъэр Орджоникидзе Сергорэ Къал­мыкъ БетIалрэ я фэеплъхэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым и скульпторхэм ящыщу Нарт эпосым япэу зы­хуэзыгъэзар аращ. Iуэ­рыIуатэм теухуа лэ­жьыгъэ зыбжанэ игъэ­хьэзыращ абы. Къэбэрдей-Балъкъэрым и щэнхабзэм и хэлъ­хьэ­ныгъэфIу ялъытэ Зей (Кизиловка) лъагапIэм тет Сосрыкъуэ и скульптурэр. А бгыщхьэм тхыдэ-этнографие музей къыщызэIуахыну Къалмыкъ Фёдор къыхилъхьат. Архитектор Палагашвилирэ Фёдоррэ яубзыхуат республикэм нобэр къыздэсым имыIэ, абы щыгъуэ къызэIуахыну я мурада музейм хухахыну щIыпIэри, абы игъуэ­тын хуей теплъэри. Ауэ Фёдор дунейм ехыжри, а Iуэхури езым дэкIуэдыжащ. Иджы а щIыпIэр шхапIэ-ефапIэщ. 1968 гъэм «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм къыдигъэкIащ «Къалмыкъ Батырбэч и къуэ Фёдор» тхылъыр, скульпторым и лэжьыгъэхэр щызэхуэ-хьэсар. Сабийхэм я дунейм, я гупсысэкIэм фIыуэ щы­гъуазэ Фёдор ейщ «ПщафIэ ныбжьы­щIэ», «Турист ныб­жьы­щIэ­­хэр», «Лъахэхутэ ныбжьы­щIэхэр», «Тхылъ зы­IэщIэлъ школакIуэ», Пуш­киным и ­«Бдзэжьеящэмрэ дыщэ бдзэжьеймрэ», Бажовым и «Мывэ удз гъэгъа», Шарль Пьерро и «ПыIэ плъыжь цIыкIу», Крыловым и «Дыгъужьымрэ щынэмрэ» ятриухуа скуль­птурэхэр. КъищынэмыщIауэ, Къал­мыкъ Фёдор и Iэдакъэм къыщIэкIащ тхы­дэм пэджэж лэжьыгъэ зыбжанэ. Апхуэдэхэщ Дзэ­­лыкъуэ хъупIэхэм щхьэ­кIэ зыкъэзыIэта мэкъумэшыщIэхэм ятриу­хуа скульптурэр (Дзэлы­къуэкъуажэм и дыхьэ-пIэм и деж щагъэуващ), Хэку зауэшхуэм хэкIуэда зауэлI­хэм, къэрал къу­лыкъущIэхэм, дзэзешэ­хэм, щэнхабзэмрэ гъуа­зджэмрэ я лэжьакIуэхэм ехьэлIахэр. Дахэна­гъуэ - насыпым и дамыгъэ къэ­зыгъэлъагъуэ скульптурэ Налшык къалэ щигъэувыну и мурадащ Къал­мыкъ Фёдор. Ауэ ари къемыхъулIа и хъуэпсапIэхэм ящыщ зыуэ къэнэжащ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, Фёдор и лэжьыгъэхэм иджыри яхэтщ цIыхубэр нобэр къыздэсым зы-щы­­мыгъуазэхэри. Куэ­дым ящIэркъым Хэку зауэшхуэм щы­гъуэ ди лъэпкъэгъухэм къагъэ­лъэгъуа лIыхъужьыгъэм­рэ хахуагъэмрэ хуи­гъэпса, Прохладнэ къа­лэм щагъэува метри 4,5-рэ зи лъагагъ монументальнэ скульптурэр Къалмыкъ Фёдор зэриIэдакъэщIэкIыр. СурэтыщI Iэзэ Дубровс­кий Николай жиIэ­гъащ: «Дэри дылIэжынущ, ауэ ди яужь къихъуэну щIэблэм къахуэдгъэнэну Iэужьырщ ди фэеплъ хъунур. ИтIанэщ фIыкIэ ягу дыкъыщыкIыжынур». Къалмыкъыр куэдым я гум фIыкIэ къинэжащ, псом хуэмыдэу къыдеджахэм, къыдэлэжьахэм, зыцIыхуу щытахэм. Абы къигъэна фэеплъым пщIэшхуэ хуащI, ирогушхуэ. - Фёдор дигу къинэжащ шыIэ зыхэлъ щIалэ зэпIэзэрыту, псэ­лъэгъу хьэлэмэту, ныбжьэгъу пэжу, нэхъыщхьэращи, цIыху гу къабзэрэ псэ хьэлэлу. Сыт хуэдэ Iуэхугъуэ имылэжьми, зы­хуей хуэзэу зэрызэфIихыным къарурэ зэфIэ-кIыу иIэр ирихьэлIэрт, - жеIэ абы къыдеджа Головницкий Лев. - Саратов щыIэ художественнэ училищэм Фёдоррэ сэрэ илъэситхукIэ дыщызэдеджащ. Гупыр цIы­хуипщI дыхъурти, хуабжьу дызэкъуэтт. Дылажьэми, зыдгъэпсэхуми, махуэшхуэхэр дгъэлъа­пIэ­ми дызэгъусэт. Ар адрейхэм къащхьэ­щы­кIырт гъэсэныгъэ дахэ зэ­­рыхэлъымкIэ, зэрыу­кIытэхымкIэ, дэп­лъагъу гуапагъэмкIэ. Мурад гуэр ищIамэ, къимыкIуэтыжу зэфIигъэкIынут. Кавказым щыщхэм я «лъы пщтырагъыр» абы хэлътэкъым, ауэ ныбжьэ­гъухэм сыт щыгъуи гу лъыттэрт Фёдор нэхъыжьхэм пщIэ зэрахуищIым, уечэнджэ­щынуи нэхъыфI къэп­­лъыхъуэнтэкъым. Ап­хуэ­дэу гупым я щапхъэгъэ­лъагъуэу ар къытхэтт. - Фёдор щы­ла­жьэ пэ­шым зыщысплъыхьыну зэгуэр сыщIыхьат. Гуа­щэ зы­Iыгъ хъыджэбз цIыкIум и скульптурэ нимыгъэсам IэпэкIэ сыщеIусэм, Фёдор и фэм зихъуэжат. И скулъптурэм ап­хуэдэу сызэреIусар абы зыкIэ игу щIыхьати! Ауэ, къызэшхыдэным и пIэкIэ, гъуазджэр зыхызигъэщIэну, абы гъу­нэгъу сыхуищIыну иужь ихьащ. Ленинград Эрмитажым сишэри, зыщыдигъэп­лъы­хьат, - игу къе­гъэ­кIыж и щхьэгъусэ Верэ. - Фёдор псэуну пIащIэрт, дахагъэм хуэнэхъуеиншэт. Сыт щы­гъуи нэжэгужэу, гушыIэжу ап­хуэдэт. Арауэ къыщIэкIынщ цIыху кIуапIэу ди унагъуэр щIыщытар. ФIэфI дыдэт щIэх-щIэ­хыу­рэ кино гъэщIэгъуэнхэм дигъэкIуэну. Щхьэгъусэ зиIэ цIыхухъухэм ар къащхьэщыкIырт си къэухьым хигъэхъуэну зэрегугъумкIэ. Ди сабийхэр цIыкIуу къиублэри, зы илъэси къэмынэу ­Ан­а­пэ дигъэкIуащ. ЩIэ куэд зэрызигъэлъа­гъуным ху­щIэ­къуу, музейуэ къилъытэ Ленинград и дэтхэнэ плIанэпэми зыщыдигъэплъыхьащ. Фёдоррэ сэрэ щэху зэхудимыIэу, ди акъыл зэтехуэу ды­зэ­дэпсэуащ, щIалэрэ хъы­джэбзрэ къытщIэ­хъуащ. Абы си псэм зэ­рыз­ри­гъэ­у­зэщIаращ нобэр къыздэсым си къу­леигъэ нэхъыщхьэр, цIыхухэм с­а­зэрыхэтыр, сызэ­рып­сэур. 1967 гъэм автомобиль зэжьэхэуэм хэкIуэда щIалэм и ныбжьыр илъэс 35-рэт зэрыхъур. Зи фэеплъ нэхум пщIэ хуэфащэ япэ адыгэ скульптор Къалмыкъ Фёдор и IэужьыфIхэр ноби псэущ, цIыхухэм я псэр игъэгуфIэу, я гукъыдэжыр къиIэту. Фёдор и унагъуэр. И благъэхэм я гъусэу зегъэпсэху. 1962 гъэ ТЕКIУЖЬ Заретэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "490.txt" }
Къалэмым къуэш зэхуищIахэр Нобэ зи гугъу сщIыну Кърым-Джэрий СулътIан тхакIуэт, журналистт икIи щIэныгъэлIт. Адыгэ лъэпкъхэм яIа псэу­кIэм­рэ я тхыдэмрэ ятеухуауэ абы и Iэдакъэм къыщIэкIа тхыгъэ щIэщыгъуэхэр тедзэн зэры­щIа­дзэрэ илъэси 110-м щIигъуащ. Пушкин, Лермонтов, Белинский сымэ я лъэхъэнэгъу Инэт Кърым-Джэрий къыщIэна ­тхыгъэхэм куэд яхэтщ иджыри я пщIэр мыкIуэдауэ, ди нобэрей тхылъеджэхэм къахуэщ­хьэпэну. АДЫГЭ еджагъэшхуэ ХьэдэгъэлI Аскэр зэрыжиIэмкIэ, Кърым-Джэрий тхакIуэ, этнограф цIэрыIуэ Хъан-Джэрий и ­къуэш нэхъыщIэщ. Ар Шэрджэсым щыIэ Къудакъуэ къуа­жэм къыщыхъуащ. Къыщалъхуа илъэсыр 1805 гъэм худогъакIуэ. А зэманым щхьэ тедубыдэрэ? Езым и ныбжьэгъу Муравьёв А. Н. 1847 гъэм фокIадэм и 2-м хуитха тхыгъэм деж улъэпхъэ­щэн щыщIыдодзэри, къыщалъ­хуа гъэр къонаIуэ. АтIэ а письмом Кърым-Джэрий къыщегъэ­лъагъуэ илъэс 18 хъуауэ ­къулыкъу зэрищIэр. Иджы, япэ дищынщи, дигу къэдгъэкIыжынщ зы зэман Кърым-Джэрий Бытырбыху щы­Iэу Кавказ-Бгырыс эскадрон ­ныкъуэм зэрыхэтар. Къэралым и архив нэхъыщхьэм хэлъ тхыгъэхэмрэ Петин Сергей и тхы­лъымрэ къызэрагъэлъагъуэмкIэ, анэмэту урысхэм ирата бгы­рыс щIалэхэр пэщIэдзэ еджапIэхэм щIашу къулыкъум щыхагъэхьэу щытар я ныбжьыр илъэс 23 - 25-м нэсауэщ. Бытырбыху щагъэкIуам Кърым-Джэрий илъэс 24-м итауэ къыдощтэри, къулыкъу зэрищIа илъэс пщы­кIуийр абы хыдолъхьэж. Илъэс 42-рэ мэхъу. Кърым-Джэрий яхэтащ Урысейм щрагъэджэну япэу ягъэкIуа адыгэхэм. И Iыхьлы Къаз-Джэ­рий щIыгъуу еджащ. 1829 гъэм хагъэхьащ Кавказ-Бгырыс эс­кадрон ныкъуэм. Зи гуращэр зэтехуэхэр нэхъ зэкIуэгъужэгъу хъу хабзэщ. Кърым-Джэрийрэ Нэгумэ Шорэрэ щIэх зэрыцIыхуу я дзыхь зэрагъэзам шэч хэлъкъым. Ар нэрылъагъущ иужькIэ тIури адыгэ IуэрыIуатэм елэжьу, ар хэIущIыIу ящIу зэрыщытамкIэ. 1830 гъэм пащтыхьым и «щхьэхъумэ» бгырыс гупыр зэуэну ­Польшэм ягъакIуэ. Адыгэ шууейхэм пащтыхьым хуагъэшащ батэр, а зауэм кIуахэм яхэтакъым дамыгъэ зрамыта е и къулыкъу­кIэ драмыгъэкIуэтея. Кърым-Джэрий абы къикIыжащ урядникыу. 1832 гъэм хуэпхь хъунущ тха­кIуэ Муравьёв Андрейрэ абырэ щызэрыцIыхуар. Къаз-Джэрийщ а тIур зэзышэлIар. ПлIыщI гъэхэм я пэщIэдзэм Кърым-Джэрий, хорунжэ хъуауэ, Кавказым ягъэкIуэжри, Кубань къэзакъыдзэм и Iэтащхьэм и канцелярием къулыкъу щещIэ. Абы иритхыкIри, зи гугъу тщIа тхыгъэр Муравьёв хуитхащ. Езы тхакIуэм къыщIэнахэм къыхахыжа а тхыгъэр зытеухуам куэд ­щыгъуазэкъым. Мыращ абы итыр: «ПщIэ зы­хуэсщI зиусхьэн Андрей Николаевич! ЗыкIи къэзмылэжьа хабзэмрэ нэмысымрэ къыскIэ­лъызепхьауэ сщIэж пэтми, Бытырбыху Моховойм сынэтхэну укъы­зэрызгъэгугъар япэ зэманым зэрысхуэмыгъэзэщIамкIэ сэ уи деж хуабжьу сыщыкъуан­шэщ. Иджыблагъэ Антонович къызжиIэжащ абы хуэптха письмом сэ стеухуауэ псалъэ зыбжанэ зэритыр, атIэ уигу сызэримыхужар апхуэдизкIэ си гуапэ хъуащи, си фIыщIэр къызэрыс­Iуэтэн псалъэ къысхуэгъуэтыркъым. Уи фIэщ щIы: уэ къыс­хуэпщI гулъытэм, сэ абы сыхуэ­мыфащэ пэтми, егъэлеяуэ сы­зэрыщыгуфIыкIыр. Апхуэдэу фIы­уэ сыкъыщIэплъагъури укъыс­хуэзэну ущIигуапэри къызгурыIуэркъым. Хэт ищIэн, жы­зоIэ, ар тхьэ Iэмырщ; си гъащIэр иузэщIыну, си Iуэхур иунэтIыну абы уэ укъысхуигъэунэхуами ярейщ. Сыббгъэдэту зэ бжесIауэ щытащ, абы иджыри зэ къытызогъэзэж, генерал Александр Иванович (пщы Барятинскэращ зы­тепсэлъыхьыр, 1847 гъэм мазаем и 27-м къыщыщIэдзауэ Къэ­бэрдей егерь полкым и уна­фэщIу щытащ - Хь. М.) ди унафэщIу щытыху, си гъащIэм щыщу илъэс 18 зэста дзэ къулыкъум сыкъыпыкIыныр щыуагъэ хъунт; ауэ арыншэу дыкъанэ ­хъужыкъуэмэ, сэри адэкIэ си ­гъащIэр зэрыхъунум сегупсысын хуейщ, мис абы щыгъуэ япэу си Iуэху зэсхьэлIэнури уэращ, сыту жыпIэмэ, уэ зы закъуэращ полкым къыщыздэIэпыкъуфыну сы­зыщыгугъыну щыIэр. СщIэркъым щIэх уэрэ сэрэ дызэхуэзэжыфынуми, ауэ, уи фIэщ сыщI, а си гугъапIэр къызэхъулIэмэ, игъащIэкIэ къалэмым къуэш дызэхуищIауэ слъытэнущ, си гур пхуэкъабзэщ, фIыщIэшхуи пхузощI мы дунейм куэдрэ ­узыщримыхьэлIэж гулъытэр сэ, уэ уи хамэ цIыхум, къызэрыслъыбгъэсамкIэ». Адыгэ щIэныгъэлIыр илъэс куэдкIэ Муравьёвым пыщIауэ зэрыщытар щыдолъагъу мы ­тхыгъэм. Езы Муравьёвым Лермонтовыр фIыуэ ицIыхурт. Пушкиныр зэраукIам теухуауэ итха усэм и иужьрей сатыр 16-м щхьэкIэ Лермонтовыр бэлыхь хэхуэну къезыгъэлари а Муравьёв дыдэращ, езым и благъэ, Ещанэ Отделенэм и унафэщI Мордвиновым елъэIури, а Iуэхур зэман гуэркIэ зэтрауIэфIат. Пушкиным и щыкъу щIалэм къригъэцIыхуауэ, Мордвиновым и нэIуасэт езы Александр Сер­геевичри. Муравьёвыр щыгъуа­зэт бгырысхэм я щхьэхуитыныгъэр яхъумэжу ирагъэкIуэкI бэ­нэныгъэр урыс усакIуэшхуэхэм зэрыдаIыгъым, бгырыс лъэпкъ­хэр жагъуэу зэрамылъагъум, пащ­тыхьымрэ абы и пыхъуэ­пы­шэхэмрэ Кавказым щызэрахьэ залымыгъэр ямыдэу я макъ зэрагъэIум. Езыми фIэзахуэтэкъым бгырысхэр зэрыдакъузэр, ахэр Iисраф зэращIыр. Кърым-Джэрий хуигъэхь тхыгъэхэм мызэ-мытIэу щыщIэупщIэрт зауэм къыщыхъу-къыщыщIэхэм, и ныбжьэгъум щелъэIурт зыщы­гъуазэ псори хуитхыну. Абы къы­дэкIуэуи, Муравьёвым и нэIэ ­тригъэту щытащ Кърым-Джэрий щIэ­ныгъэм хилэжьыхьхэм, адыгэ щIалэр нэхъыфIу тхэ ­хъунымкIи дэIэпыкъуащ. А зэ­рызэхуэтхэм нэмыщI, ахэр зэ­кIэлъыкIуэу щытами дэ тщIэркъым, ауэ ари хуэбгъэфащэ хъунущ. ЕхыщIанэ гъэхэм Кърым-Джэрий щыпсэуащ Бжьэды­гъу­къалэмрэ (Екатериноградрэ) ЦIэ­мэзрэ (Новороссийскрэ), щылэжьащ «Кубаныдзэ хъыбархэр» газетым. Журналист IэщIагъэм ар тхэкIэм хуэIэзэ ищIащ. Урысейм щыщыIам Iуэху еплъы­кIэщIэхэм яжь къыщIихуати, ар Iущ мэхъу, гъащIэм и екIуэкIы­кIэр къыгурыIуэу, и дуней еп­лъыкIэми фIыкIэ зеузэщI икIи, Кавказым къигъэзэжа нэужь, зи акъыл зэтеува, зыхущIэкъури къыпэщытри зэзылъытыжыф лIы абы къищIыкIат. Пэжщ, Кърым-Джэрий «гъащIэм зэреплъу щытар мыпхуэдэущ: ар ­лIакъуэлIэшхэм я бийт, лъху­къуэлIхэм нэхъ я телъхьэт» жыт­Iэу тхуэукъуэдиинукъым, ауэ, и напэм къызэрыригъэзэгъым хуэдэу, цIыху къызэрыгуэкIхэми яхущытащ. ДЗЭ ТIЫСЫПIЭХЭР къыздызэхикIухьым, къызыхэкIа лъэп­къым и щэнхабзэмрэ и псэу­кIэмрэ куууэ здиджым, Кърым-Джэрий къыгурыIуэу щIедзэ япэщIыкIэ политическэ хуиты­ныгъэр къэзэун зэрыхуейр. Кавказ псор пащтыхьым и бжьым къыщIэгъэкIынымкIэ ар япэ ­лъэбакъуэт. Псом япэ Iуэхуу абы къилъытэрт щIыр тэмэму гуэ­шыныр къызыдэкIуэну зэхъуэ­кIыныгъэхэмрэ цIыхубэм щIэныгъэ егъэгъуэтыныр къызэгъэпэ­щынымрэ зэгъэхъулIэныр. И ­лъахэр зыгъэунэхъууи жыхуиIэр пащтыхьым бгырысхэм ядригъэкIуэкI зауэ емынэрат. И щхьэ течауэ ар газетым тридзэу къызэрыхуамыдэнур ищIэрти, Кърым-Джэрий хуотхэ Кавказым дзэуэ исым я Iэтащхьэ пщы ­Барятинский Александр. А тхыгъэм Кърым-Джэрий щылъа­Iуэрт зауэр гъэувыIауэ, езыхэм яфIэфIу бгырысхэр Урысейм гуа­гъэхьэну, щIыпIэм щыщыIэ кIы­фIыгъэр ягъэкIуэдыну. Тхыгъэр губзыгъэу тхащ, фIэгъэнапIэ ящIын ямыгъуэтын, «адыгэхэм нэхъ уакъыдощI» къыхужамыIэн хуэдэу. И лъэIум, Iуэхур зэры­щытым и щапхъэхэр куэду къихьурэ, къыщегъэлъагъуэ политикэ и лъэныкъуэкIэ Iущыгъэшхуэ зэрыхэлъыр, зытепсэлъыхьым фIыуэ зэрыщыгъуазэр. Арын­шауи наIуэ пхуэщIынутэкъым а зэманым Кавказым щыщыIэ ­хъуа щытыкIэр. Хуитыныгъэмрэ мамыр гъащIэмрэ яIэу, зэгуры­Iуэ-зэдэIуэжу бгырысхэр псэу ­хъуауэ илъагъуныр Кърым-Джэрий и хъуэпсапIэт. Хьэуэ, псори зыщыгъуазэм ириу­жьгъэ жыIэзыфIэщтэкъым икIи уанэншэ шутэкъым адыгэ тхакIуэр - къиIэт Iуэхухэм игурэ и щхьэрэ хузэтелът. Зауэм теплъэ мыхъу щхьэкIэ, абы «хеящIэ ­зауэхэр» щыIэн хуейуэ къилъытэрт, сыту жыпIэмэ, апхуэдэ­хэр къытехъеикIырт залымыгъэм, къыщIагъэхъейри хуиты­ны­гъэр я хэкум ирагъэгъуэтын, цIыхухэр зэхуагъэдэн мурадкIэт. 1861 гъэм и пэщIэдзэм Кърым-Джэрий щыIащ Мэзкуу. Абы и щIэ­ныгъэм щыхигъэхъуащ, литературэмрэ гъуазджэмрэ я лэ­жьакIуэхэр щызригъэцIыхуащ. Кавказым къэкIуэжри, куэд мы­щIэу абы газетым трыригъэдзащ «Сэфар-пэщэ шапсыгъыпщыр» зыфIища тхыгъэр. Дэ зэрытщIэмкIэ, ар публицистикэу тха и япэ лэжьыгъэщ, зытеухуари шап­сыгъ лъэпкъ цIэрыIуэ Зэнхэ ­къахэкIа Зэнокъуэ Сэфарбий и гъащIэмрэ игъэхъа Iуэхухэмрэщ. 1830 гъэм Анапэ урысыдзэхэр къыщытеуам, щIалэ цIыкIуу ­Сэфарбий гъэру яубыд. Одессэ щеджащ, иужькIэ хы ФIыцIэм Iут къэзакъыдзэм хохьэ. Мазэ зыбжанэкIэ фIэкIа къулыкъу имы­щIауэ, щIопхъуэж. ИужькIэ Сэфарбий адыгэ лIыкIуэхэм я ­нэхъыщхьэу Истамбыл ягъакIуэ, Тыркур зыдагъэIэпыкъун мурадкIэ. Абы здэщыIэм Iэщэрэ гынрэ Шэрджэсым кърегъашэ. Пащты­хьыдзэм пэщIэтыфын къару ­зригъэуIун папщIэ адыгэ лъэпкъ­хэр зэгуигъэхьэныр и гуращэу къегъэзэж и хэкум. Абы щIыгъуу Кавказым къэкIуат Мэжэрым, Польшэм, Алыджым, нэгъуэщI къэралхэми ящыщ зауэлIхэр. Абыхэм я щхьэр щхьэузыхь хуа­щIырт лIыхъужьыгъэшхуэ яхэлъу зи щхьэхуитыныгъэр зыхъумэж­хэм ирагъэкIуэкI бэнэныгъэм. Ауэ Зэнокъуэм адыгэ лъэпкъхэм я зэхущIэуэныр яригъэухын лъэ­кIакъым. Щамил и Iимам Му­хьэмэд-Iэмини зэран къыхуэ­хъуащ. Ар ДагъыстэнымкIэ ­екъурт, Щамил гухьэн хуейуэ ­къигъэуву. Сэфарбий дунейм ехыжащ 1859 гъэм. Абы и къуэ Къарэбэтыр и адэр зыхущIэ­къуахэр и кIэм нигъэсыну хэтащ, ауэ къехъулIакъым. Бгырысхэм ирагъэкIуэкIа бэ­нэныгъэм щыщ къэхъугъэ гъэ­щIэгъуэнхэр удихьэхыу къиIуэтэжурэ, Кърым-Джэрий и тхыгъэр щIэщыгъуэ ещI. Апхуэдэу и до­кументальнэ лэжьыгъэр зытеу­хуам здытепсэлъыхьым, ди нэгу къыщIегъэувэф адыгэхэм я дуней тетыкIэр, я шыфэлIыфэр, лIэнкъэнэну бийм пэщIэува и лъэпкъым хуэмурэ и «куцIыр» зэрыткIур, итIани, «лIэн, е лIын» жиIэу, къызэрымыланджэр… Кърым-Джэрий и очеркхэм, щIэныгъэ къэхутэныгъэхэм, и адрей тхыгъэхэми къыщиIэт Iуэху­хэр ауэ сытми къритхэкI ­къудейкъым, къэхъуа-къэщIахэр ­куууэ щызэпкърех, а зытеп­сэлъыхьым и мыхьэнэр гурыIуэгъуэу щыдегъэлъагъу. Сыт имытх­ми, гу къабзэщхьэ къабзэщ, икIи къэхъугъэхэр зи­щIы­сыр, абыхэм къежьапIэ яхуэ­хъуамрэ кърикIуэнкIэ хъунумрэ я щхьэу­сыгъуэхэр къихутэфу и къалэ­мыр егъэшэрыуэ. 1865 гъэм накъыгъэм и 29-м «Кубаныдзэ хъыбархэм» абы трырегъадзэ «Ди пасэрей гъащIэм теухуауэ псалъэ зытIущ» зыфIища тхыгъэр. Адыгэ Iуэры­Iуатэр къигъэсэбэпурэ, Кърым-Джэрий абы щызэфIигъэувэ­жыну хэтщ адыгэхэм я дыгъуасэм къэхъуа Iуэхугъуэхэр. Дэнэ кърихрэт а къиIуэтэжхэр? Япэ­рауэ, нартхэм ятеухуауэ абы куэд къыщищIат джэгуакIуэхэм я деж. ЕтIуанэрауэ, зэгуэрым дунейм къытехьа тхыгъэхэр - Нэгу­мэ Шорэ, Хъан-Джэрий, Хьэ­тIохъущокъуэ Къазий сымэ я ­къалэмым къыщIэкIахэр - зэ­хуихьэсыжурэ щIиджыкIыжащ икIи зэпкърихащ. АтIэ нартхэм ятеухуа хъыбархэр урысыбзэкIэ дунейм къытехьат блэкIа еп­щыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэм и еплIыщIанэ, етхущIанэ гъэхэм. Ахэри зэхуэхьэсыжауэ зы щхьэ акъылкIэ узэщIын хуейт. А къалэныр Кърым-Джэрий игъэ­зэ­щIащ. Зи гугъу тщIы тхыгъэмкIэ Кърым-Джэрий журналист, этнограф Iэзэу зыкъигъэлъэгъуа къудейкъым, атIэ тхыдэм елэжь еджагъэшхуэуи тхылъеджэхэм я пащхьэ къиуващ. Тхыгъэр дунейм къытехьэн ипэкIэ екIуэкIа илъэс зыбжанэм ар куэдрэ щIэныгъэ IуэхукIэ гъуэгу техьащ - хъымыщхэм, натхъуейхэм, абазэхэхэм, кIэмыргуейхэм, шап­сыгъхэм я деж щыIащ. Щежьа зэманым зригъэхъулIахэр къи­Iуэтэжын мурадкIэ итха хуэдэщ «Ди пасэрей гъащIэм теухуауэ псалъэ зытIущыр». Ар тIэу тедзэгъуэу тетащ газетым, мазэ зыбжанэ я зэхуакуу. Ди зэманми кIуэдакъым а тхыгъэм и мыхьэнэр, абы хэт хъыбархэмрэ шыпсэхэмрэ икъукIэ къахуэсэбэпынущ «Нарт» эпо­сым елэжь еджагъэшхуэхэм. Тха­кIуэм а хъыбархэр, зэрызэхихам хуэдэу, къиIуэтэжу и Iэр ­итхьэщIыжыркъым, езыр Iуэхум зэреплъыр къыхегъэщ. Пса-лъэм папщIэ, Iуащхьэмахуэ кIэ­раIулIауэ зыхужаIэж адыгэ Прометей - Джэдал и хъыбарыр къызэрежьар еубзыху. Адыгэ нарт эпосым зи гугъу тщIы лIы­хъужьым зэрыщеджэр Нэсрэн ЖьакIэщ. Кърым-Джэрий Джэдалрэ Прометейрэ бгым щIраIу­лIам я щхьэусыгъуэр зэрызэтехуэр къелъытэ. Эсхилрэ Гесиодрэ мафIэхьхэр щраIулIауэ ­къагъэлъагъуэр зэры-Кавказыр къыжеIэ икIи абыкIэ наIуэ ещI алыдж мифологиеми тхыдэми къагъэщIа лIыхъужьу ахэр зэ­ры­щымытыр, атIэ адыгэ хъыбарыр алыджхэм я мифым лъабжьэ зэрыхуэхъуагъэнур. А тхыгъэ дыдэм Кърым-Джэрий къыщеIуэтэж Абрагъуэ жылэшхуэм къыщыщIам теухуа хъыбар гъэщIэгъуэн. А къуажэр дэсащ тенджыз ФIыцIэм еуалIэ ЦIухьэб аузым. Абы щыпсэухэр адыгэт. Псори ягъуэту зэрыпсэум щхьэкIэ закъыфIэщIыжри, хасэ джэгухэр къыщызэIуахкIэ мы­вэджейр къамыгъэсэбэпыж ­хъуащ («Уащхъуэ мыващхъуэ кIанэ» жаIэу адыгэхэм тхьэрыIуэ яIэт. Мывэми тхьэм и фэ ираплъу щытагъэнщ - Хь. М.). Абы тхьэр къигъэгубжьащ, нэхущым зэкIэ­щIигъэкIуэтщ аузри, ер къы­зэ­рыкIа къуажэр, абы дэсхэри ­щIыгъуу, кIуэцIригъэхуащ, а щIы­пIэми гуэлышхуэ иригъэ­лъэ­дэ­жащ. Диныншэ хъуа и къуажэгъу­хэм ебийуэ щыта зы бгырыс цIыхуфIщ, и унагъуэр щIыгъуу, къэнар псэууэ. Абрагъуэ теухуа хъыбарыжьыр зыгуэркIэ поджэж Содомрэ Гоморрэрэ зэрыкIуэдам теухуауэ Библием ит хъыбарым, ауэ адыгэхэм я деж щызекIуэр куэдкIэ нэхъ гъэщIэ­гъуэнщ. Тенджыз ФIыцIэм и ­Iуфэм щыпсэу шапсыгъхэрат а хъыбарыжьыр къэзыIуэтэжар… Тхыгъэм адэкIэ щыжеIэ хъыбарыжьхэр адыгэ пшыналъэхэм япэ къежьауэ. Къэхутэныгъэ куу езыгъэ­кIуэ­кIыф щIэныгъэлI Iэзэу Кърым-Джэрий зыкъегъэлъагъуэ, Сос­рыкъуэ и цIыху щIыкIэр щы­- зэп­къ­рихкIэ. Усэбзэу зэхэлъхьа, уэрэ­дым хуэдэу укъуэдия «Сосрыкъуэ и пшыналъэр» зытеу­хуам щытепсэлъыхькIэ тха- кIуэм дегъэгупсысэ: «Тхылъеджэм тын­шу гу лъитэнщ Георгий щихъым (Джаурджий) теу­хуа чристэн IуэрыIуатэмрэ дыдеймрэ зэрызэщхьым. Дауи, тIум щыгъуэми, Iуэхур зэлъытыжар къыщыхъу щIыпIэмрэ зи ­гъащIэр Iэджэ щIауэ къэзыгъэщIа ЛIыхъужьхэмрэщ. Ап­хуэ­дэу щыт пэтми, иджыпсту къэтхьа уэрэдымрэ Георгий щихъым теухуа IуэрыIуатэмрэ хэт лIы­хъужьитIри псэущхьэ шына­гъуэжьхэм - абыхэм блэ, иныжь е цIыху яфIэщ - ятокIуэ». Мы щапхъэм нэрылъагъу ­щохъу Кърым-Джэрий хуигъэфащэр итхыж е пшыналъэм тепсэлъыхьыж къудейкIэ и Iуэ-хур зэрызэфIимыгъэкIыр, атIэ нарт Сосрыкъуэ теухуа пшыналъэм и мыхьэнэр къитIэщIыну зэрыхэтыр. Тхыдэм къыхих щапхъэр урысхэм я IуэрыIуатэм ­иригъапщэкIэрэ, ди эпосым и лIы­хъужьым и цIыху щIыкIэр ­дегъэлъагъу. Ауэ дэ арэзы дытохъуэ адыгэ щIэныгъэлI ХьэдэгъэлI Аскэр Кърым-Джэрий и Iуэху еплъыкIэ языныкъуэхэр зэ­римыдэм. Псалъэм папщIэ, арэ­зы утехъуэныр щыуагъэщ Георгий Победоносецыр «Нарт лъэпкъ­хэм… къахэкIа лIыхъу­жьу» Кърым-Джэрий зэрыжи-Iэм, генуэзцхэм япэгъунэгъуу ар (Георгий) къызыхэкIа лъэпкъыр Геленджик (ХьэфIыцIей) пэмы­жыжьэу псэуа хуэдэу къызэри­Iуатэм. Пэжым ухуеймэ, «мафIэр къэхьыжыным» теухуа хъыба-рыр къежьэри, зэман Iэджэ дэ­кIауэщ генуэзцхэр Кавказым ­къакIуэу адыгэхэм пэшэгъу къащыхуэхъуар. Апхуэдэу тэмэмкъым мафIэр къэзыхьыжа Джэдал теухуа хъыбарри генуэзцхэм алыджхэм я деж нахьэсауэ зэ­рыжиIэр. Генуэзцхэм куэдкIэ япэ иту алыджхэр Кавказым щы-Iащ, адыгэхэми илъэсищэ зыбжанэкIэ пыщIэныгъэ къыхуаIащ икIи езы алыджхэм адыгэ Iуэ­рыIуатэр ящIэу щытагъэнущ. Мыбдежым дигу къыщыдгъэ­кIыжынщ къэбэрдей усакIуэ ­КIуащ БетIал къызэригъэлъэ- гъуар «Генуе», «генуэзец» псалъэхэр адыгэбзэм зэрихъумар, абыхэм къатепщIыкIащ Жануэс, Жанусэ цIыхубзыцIэхэр, Жынус цIыхухъуцIэр. «Ди пасэрей гъащIэм теухуауэ псалъэ зытIущ» тхыгъэр щIэ­ныгъэм елэжьхэми газетым еджэхэми икъукIэ гунэс ящы­хъуат. Ди лъэпкъыр къызыте­хъукIыжа пасэрей нартхэр зы­хуэдэу щытар къэIуэта хъуат. Ди зэманми мыхьэнэшхуэ иIэщ а тхыгъэм. Абы фIагъыу хэлъыр литературэм ехьэлIа къудейкъым. Адыгэ лъэпкъым и эпо-сыр къызыхуэтыншэу зэфIэгъэувэжын щыхуей мы лъэхъэнэм ар къагъэсэбэп хъунущ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым щыIэ щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтхэм. ТХАКIУЭУ, журналисту, къэхутакIуэу щытащ Кърым-Джэрий, адыгэ IуэрыIуатэр ауэ къыщищ­тэкIэ, тхыдэ Iуэхут нэхъыбэу зэ­рихуэр. Апхуэдэу щыт пэтми, абы и IэдакъэщIэкIхэр художественнэ тхыгъэ щапхъэм тету, гуп­сысэри куууэ къащы­щIигъалъэу узэщIащ. Кърым-Джэрий сыт щыгъуи ­гукъыдэж иIэт зыщалъхуа Шэрджэсым хуэлэжьэну, къызыхэ-кIа лъэпкъым и блэкIар зригъащIэу абы и пщэдейми зы фIы­гъуэ гуэрхэр прихьэжьэну, нэ­гъуэщIу жыпIэмэ, псэуху ар щIэбэнащ и лъэпкъэгъухэр щIэ­ныгъэм къыхуэгъэушыным, мамыру псэуныр къахузэгъэпэ­щы­ным. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, дэтхэнэ тхакIуэм дежкIи мыхьэнэшхуэ иIэщ гъащIэм и дурэшплIэрэшхэми дэплъэным, дунейм и екIуэ­кIыкIэмрэ цIыхухэм я зэхэ­ты­кIэмрэ и нэкIэ зригъэлъагъуным. Арат 1862 гъэм Кърым-Джэрий зекIуэ щIежьар. Урыс офицер фащэ зыщыгъым дежкIэ, езыр адыгэми, шынагъуэншэтэкъым бгырыс лъэпкъхэм я лъахэм ­уихьэныр. Ар Iуэху дзыхьщIы­гъуэджэт, шапсыгъхэм ухагъэ­бэгэнкIэ тIэу еплъынутэкъым, итIани, дзыхакъым адыгэ щIэныгъэлIыр. 1866 гъэм «Кубаныдзэ хъы­бархэм» Кърым-Джэрий тры­ре­гъа­дзэ удэзыхьэх тхыгъэ зыбжанэ. КъыщикIухьам и нэгу ­щIэ­кIахэм, зыIууа Iуэхугъуэхэм ят­ритхыхьат ахэр. ТхакIуэр на­бдзэ­губдзаплъэщ, бгырысхэм я дуней тетыкIэр, я псэукIэр ­тлъагъу хуэдэу нэгум къыщIегъэувэ. ПсыфI, Къудакъуэ, Атэкъуей, ­КъуакIэпсынэ, Мэзкхъахэ, нэ­гъуэщI къуажэхэми цIыхухэр зэрыщыпсэур дегъэлъагъу. Зэ­ры­щыту къапщтэмэ, тхыгъэхэм куэду яхэлъхьащ Кърым-Джэ­-рий гъащIэм гъэщIэгъуэну къыхилъагъукIа Iуэхугъуэхэр, IуэхущIафэхэр. ЦIыхур зыкъуэпсэукI псори, зэрыжаIэу, дзыгъуэ гъуа­нэ дихьа къимыгъанэу къиулъэпхъэщурэ, къиIуатэр пэж хуэIу-хуэ­щIэу зэщIегъэбыдэ, абы и сэ­бэпкIи сыт хуэдэ гъащIэми и узэщIыкIэ хъур абы щызекIуэ ­хабзэхэм къапкърыкIыжу зэ­рыщытым ирепх. «Гъуэгуанэ тхыгъэхэм», я узэ­щIыкIэкIи, зытеухуакIи, щапхъэ нэхъыфIыр я мардэщ, куэд дагъэлъагъу, куэдми гу лъыдагъатэ, гур ягъэпIейтейуэ Iуэхугъуэ зэ­мылIэужьыгъуэхэм дыхашэ, цIыху зэмыщхьхэм нэIуасэ ды­хуащI. ФIымрэ Iеймрэ, дахэмрэ нэджэIуджэмрэ, хеймрэ мы­сэмрэ IупщIу щызэхэгъэкIащ абыхэм. Языныкъуэхэм деж уэ езым тхыгъэхэм къыщыхъу­хэм уахэту зыкъыпщохъуж, апхуэ-дизкIэ гумрэ псэмрэ ялъэIэс ­теплъэгъуэхэр екIуу абыхэм щыу­зэщIащи. Апхуэдэ Iэзагъ хэлъу тхам и ныбжьыр икIауэ къэп­лъытэныр щыуагъэщ. Нобэрей тхылъеджэм дэзыхьэхыни, зыгъэпIейтеини, зыщымыгъуази къы­щигъуэтынщ абыхэм. Псом хуэмыдэу тхакIуэм къехъулIащ адыгэ хабзэр, дин хуэIухуэщIэ-хэр зэрырагъэкIуэкIым ятеухуа Iыхьэ­хэр. ХьэщIагъэм, гуфIэгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр зэрырагъэ­кIуэкIыу, лъы щIэжыныр къы­зэрыхъеикIыу щытам ятегъэп­сыхьа пычыгъуэхэр гум къонэж. Кърым-Джэрий гу лъетэ адыгэ лъэпкъхэр я бзэкIэ, я псэукIэкIэ зыри зэрызэмыщхьым. Абы и щапхъи къехь: «Натыхъуейхэм, адрей бгырыс псоми хуэдэу, я ­къуажэхэм унэхэр Iуву щызэхагъэувэркъым тафэтес жылэхэм, псалъэм папщIэ, бжьэдыгъухэм зэращIым ещхьу». Кърым-Джэрий гъуэгум щрихьэлIащ гуемыIурэ мыхъумыщIагъэ куэдрэ - и нэгу щIэкIащ ­пащтыхьым и Iужажэхэм, пщы­хэмрэ уэркъхэмрэ я залымыгъэр, гущIэгъуэншагъэр; илъэ­гъуащ къэрэхьэлъкъ цIыхубэм я гъащIэм щыщ теплъэгъуэ нэху­хэри, зи щхьэхуитыныгъэр зы­хъумэж бгырысхэм зэрахьэ лIыхъужьыгъэри. ТхакIуэм и псалъэр нэхъ щIэгъэщхъуа, нэхъ дыдж мэхъу зи хьэмтетыгъуэхэмрэ абы дакъу­зэхэмрэ зэрызэпэщIэтыр къыщигъэлъагъуэкIэ; кIэщIу, шэры­уэу зыхуейр жеIэ. Дэ дызэреплъымкIэ, языны­къуэ щIыпIэхэм деж Кърым-Джэрий щыжиIэну зыхуеям и ­нэхъыбэр ебзыщI, къиIуэтэн дзыхь ищIыркъым. Мысакъыу зэрымыхъур наIуэщ. АтIэ ар щIэшынэни щыIэт. Пащтыхьым, е абы и блыгущIэтхэм ятеухуауэ зы Iей гуэр жиIамэ, и тхыгъэ зэ­рытрадзэжынуми, и къулыкъуми кIэ иIэт. Апхуэдэу щыт пэтми, хабзэншагъэрэ емыкIуу и хэкум щалэжьыр щилъагъукIэ, и гур къезауэрт, а псори и псэм хутегъахуэмэ, и напэр зэрымыкъабзэжыр къыгурыIуэрти, игурэ и щхьэрэ зэтелътэкъым. Арагъэнщ къызыхэкIари япэкIэ зи гугъу тщIа письмор пщы Барятинскэм хуитхыныр. Абы щибзыщIакъым и лъэпкъэгъухэм къазэры­щхьэ­щыжыр. Езы тхыгъэр зэпIэзэрыту тха пэтми, абы гуныкъуэгъуэ къыхощ. Псалъэм и купщIэр, дэ уткIэпщIам хуэдэу, тхылъеджэм зэрабгъэдилъхьэным хуэIэзэщ тхакIуэр. КъиIуатэ гупсысэмрэ здэбгъэув щIыпIэмрэ язэгъыу къэбгъэсэбэп псалъэр шабзэшэм хуэдэщ. Ар къыгурыIуэрт Кърым-Джэрий. Псалъэр егъэ­шэрыуэфри, гъэхуащ, гуры­Iуэ­гъуафIэщ и тхыгъэхэр. «Стилым мыкIуэдыжын ещI литературнэ тхыгъэр», - жиIэ­гъащ франджы тхакIуэ Альфонс Доде. А жыIэгъуэр сыткIи хуокIуэ Кърым-Джэрий и бзэ гъэп­сыкIэм. И тхыгъэхэр Iэзэу зэригъэпсыным езыри егугъуу щытащ. ЗанщIэуи къехъулIакъым и мурадыр, ауэ «Гъуэгуанэ тхыгъэхэр» щитхым ар нэрылъагъу къыщыхъуащ. Абыхэм къахэтхынщ и тхыгъэр зэриузэщIым и зы щапхъэ: «ПсыфI дикIри, сэ сыкъыщалъхуа Къудакъуэ къуа­жэм дыкIуащ. А жылэм дапщэщи цIыхур куэду дэст, и щIыри фIыт. Абы щызагъэлъэгъуащ сыкъыщалъхуа унэр; гупсысэм сызэщIиIыгъэу абдеж сыхьэт ­ныкъуэкIэ сыщытащ». КъызэрыпIейтеяр зыхэпщIэу Кърым-Джэрий къеIуэтэж ЦIэ­мэз нэсыжу и адэм зэрыхуэзэжа щIыкIэр: «Сэ унэм сыкъыщысыжам дыгъэм и иужьрей бзийхэр, упIэрапIэурэ, уафэ фIыцIафэм щыункIыфIыжхэрт. Япэу пщIантIэм къыщысхуэзащ си адэр. Абы занщIэу сыкъыхуэцIыхужакъым - сыту жыпIэмэ, екIуу хуэпауэ пщIантIэм дэкIар, иджыпсту абрэдж зэхэфыщIам срещхьт - икIи, зэхэпх къудейуэ мыр жиIэри: - Унеблэгъэну си гуапэщ, хьэщIэ! Ауэ, сыкъыщицIыхужым, къэуIэбжьащ: «Напэ уиIэщ, си мэзкуу­дэс!» «Зэрыфлъагъущи, лIыжьым игу ирихьащ щыгъыныр зэрыс­хъуэжар, - етх адэкIэ Кърым-Джэрий, - ди адэм зэригугъэмкIэ, ар щыхьэт техъуэрт ди дежкIэ зэ сыкъекъужыну Iэджэ щIауэ зыщIэ­хъуэпсыр, куэд щIауи зыпэплъэр къехъулIэнкIэ зэрыхъунум, къэсщта урыс хьэлми сызэрыщыужынум». А ИЛЪЭС ДЫДЭМ, 1866 гъэм, Кърым-Джэрий «Кубаныдзэ хъыбархэм» тридзащ «Тыркухэр Кавказым и тепщэу зэрыщытамрэ Шрыхъукъуэ Дыгъужь и уэрэдымрэ ятеухуа псалъитI» тхыгъэр. Тыркухэмрэ адыгэхэмрэ зэрызэхущытам теухуауэ тхакIуэм гъэщIэгъуэн куэдым щыгъуазэ дещI. Апхуэдэу щIэныгъэ Iуэху елэжьхэм я дежкIэ сэбэп хъуну абы тридзащ нэгъуэщI зы тхыгъэшхуи, ­мэ­къумэш выставкэ Iуэхум и гугъу ищIу. 1860 - 1870 гъэхэми Кърым-Джэрий Псыжь къэзакъыдзэм и канцелярием щолажьэ. Иджы зи унафэ щIэтыр генерал-адъютант, атаман цIэри зезыхьэ граф Сумароков-Эльзстонщ. Кърым-Джэрий адъютант нэхъыжьым и къуэдзэщ, газетым и лэжьакIуэщ, профессор Венгеров Сергей зэритхымкIи, «Кавказым и тхыдэтхщ». 1869 гъэм жэпуэгъуэ мазэм и 26-м, Псыжь къэзакъыдзэм къыщыдэкIа унафэм ипкъ иткIэ, Кърым-Джэрий и къулыкъукIэ драгъэкIуэтейри, сотник ящI. И гъащIэм и иужьрей илъэсхэм адыгэ щIэныгъэлIым тхэн щегъэтыжыпэ, ЦIэмэз йокIри, Бжьэдыгъукъалэ мэIэпхъуэ. Псыжь и гуэж гуэл шыугъэхэр зыхуэдэр къэзыгъэлъагъуэ лэжьыгъэшхуэ мыбы щетх. Ар къытехуащ «Кубань областым и фэеплъ тхылъ цIыкIум» и напэкIуэцIхэм. Кърым-Джэрий СулътIан 1882 гъэм дунейм ехыжащ. И къу­лыкъукIэ ар майорым нэсат. Кърым-Джэрий и тхыгъэхэр ди лъэпкъ литературэм къе­хьэлIэжын, адыгэбзэкIэ зэдзэкIын хуейщ. Абыхэм я мыхьэнэр ноби кIуэдакъым, сыту жыпIэмэ, тхакIуэр куууэ хэIэбащ адыгэ тхыдэм, хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ IуэрыIуатэм, къигъэлъэгъуэфащ Кавказым иса и лъэхъэнэгъухэм я Iуэху дауэ щытами, сыт ягъэхъами. А псор къыдогъанэри, нобэрей тхылъеджэм дерс къызыхихын щигъуэтынущ тхакIуэм и къалэмым къыщIэкIахэм. УрысыбзэкIэ тхэуэ щыта адыгэр и щIыгум блэхъуэпсыкIыртэкъым, и лъэр зытета и лъахэр игъэлъапIэу абы къигъэщIащ тхыгъэ гъэщIэгъуэнхэр. (КъыкIэлъыкIуэнущ) Кърым-Джэрий СулътIан. Сурэтыр Адам Вильгельм ищIащ. 1839 гъэ ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд
{ "source": "apkbr.ru", "id": "491.txt" }
Лъакъуэрыгъажэм дихьэххэм я махуэшхуэр ягъэлъэпIащ А махуэм и щIыхькIэ Бахъсэн къалэм къыщызэрагъэпэща зэпеуэм цIыху 1200-м нэблагъэ хэтащ. А зэхьэзэхуэм и пашэу щытащ къалэ администрацэм и Iэтащхьэ Мамхэгъ Хьэчим, абы и къуэдзэхэр, администрацэм и лэжьакIуэхэр, организацэхэм, предприятэхэм я унафэщIхэр, еджакIуэхэр. ЛъакъуэрыгъажэкIэ къызэдэжэхэр Дыгулыбгъуей къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм къыщежьэри, къалэ псом кIуэцIрыкIащ икIи зы сыхьэт иримыкъум километри 6-7 хуэдиз къызэранэкIри, ПсыкIэху къуажэм и дыхьэпIэм деж щыт фэеплъым нэс кIуащ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "492.txt" }
Дунейм щыхъыбархэр Дыщэ гъэтIылъауэ доллар мелард 500 и уасэ Урысей Федерацэм и дыщэ гъэтIылъыгъэхэм кIуэ пэтми зэрыхигъахъуэм егъэгузавэ адрей къэралхэр. «Правительствэхэмрэ банк нэхъыщхьэхэмрэ дыщэр куэду къащэхуныр дунейр мамыру щытынымрэ зэдэлэжьэнымкIэ нэщэнэфIу зэи щытакъым», - жеIэ «БуллионВалют» дунейпсо брокер компанием къэхутэныгъэхэмкIэ и къудамэм и унафэщI Эш Эдриан. - УимыгъэпIейтейуэ къанэркъым Урысейм 2019 гъэм и япэ мазищым дыщэу къищэхуамкIэ къытекIуэн къэрал зэрыщымыIэм - Москва и гъэтIылъыгъэм дыщэ тонни 145,5-рэ хигъэхъуащ. ГурыIуэгъуэщ апхуэдэу щIищIыр. США-м и санкцэхэм пэджэж лъэбакъуэу аращ ар: счётхэм илъ ахъшэр бубыд хъу щхьэкIэ, дыщэ гъэжа гъэтIылъыгъэхэр къэптхьэкъу хъунукъым». Урысейм и Банк нэхъыщхьэм и унафэщI Набиуллинэ Эльвири хэIущIыIу ищIащ Урысейм дыщэ гъэтIылъыгъэу иIэр зыхуэдизыр - абы и уасэр доллар мелард 500-м ноблагъэ. «Илъэс кIуам ди дыщэ гъэтIылъыгъэхэм я уасэр доллар мелард 433-м икIри, мелард 469-м нэсащ. Мы гъэм накъыгъэм и 1-м ирихьэлIэу дгъэтIылъам доллар мелард 491-рэ хуозэ. Илъэс зыбжанэкIэ узэIэбэкIыжмэ, доллар мелард 500 и уасэ дыщэ гъэтIылъауэ уиIэныр зэпIэзэрытагъым и дамыгъэу, къэралыр умыгузавэу упсэуным и лъабжьэу жаIауэ щытащ. Мис иджы дэ дынэблэгъащ а бжыгъэм», - къыхигъэщащ Банк нэхъыщхьэм и унафэщIым. Науседэ Гитанас Литвам и президентщ Накъыгъэм и 26-м Литвам щызэхэтащ президент хэхыныгъэхэм я етIуанэ Iыхьэр. Япэ Iыхьэр накъыгъэм и 12-м екIуэкIати, кандидатхэм ящыщу абы зыми къыщыхуэхьакъым а къулыкъум увын папщIэ зыхуеину процент 51-м щIигъур. Иджырей IэIэтым кърикIуахэр щызэхалъхьэжым наIуэ къызэрыхъуащи, а къэралым и президенту илъэситху благъэм лэжьэнущ Науседэ Гитанас. ЗэкIэ бюллетенхэм я процент 98-р зэпалъытащ икIи бжыгъэхэм къызэрагъэлъагъуэщи, абы Iэ хуаIэтащ хэхыпIэхэм екIуэлIахэм я процент 66-м нэблагъэм. Науседэ къыпэщIэта, сеймым и депутат Шимоните Ингридэ къыхуэхьар процент 32-м щIигъущ. Къэралым и иджырей президент Грибаускайте Даля илъэс епщIанэ хъуауэ а къулыкъум тетщи, и кадидатурэр абы фIэкIа къигъэлъагъуэ хъунутэкъым. Науседэ и IэщIагъэкIэ экономистщ икIи дунейпсо щытыкIэм фIыуэ щыгъуазэ, политикэм хуэмыхамэ цIыхущ. УФ-м къызэрыхущытым и гугъу пщIымэ, ар и телъхьэкъым ди къэралхэм яку зэхущытыкIэ ткIий дэлъыным. «Дэ бжэ-щхьэгъубжэ псори зэхуэтщIу, ди гъунэгъу къэралым дипломатие, щэнхабзэ, экономикэ пыщIэныгъэхэр худимыIэу дыпсэуныр тэмэмкъым», - жиIащ Науседэ. Нобэ ♦ООН-м и мамырщIэкъу къарухэм я дунейпсо махуэщ ♦Дзэ автомобилистым и махуэщ. УФ-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм и унафэкIэ 2000 гъэ лъандэрэ ягъэлъапIэ. ♦ГъущI зэпызыгъавэм и махуэщ ♦Урысейм и таможнэ къулыкъум и ветеранхэм я махуэщ ♦Къыргъызстаным IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм я махуэщ ♦1860 гъэм хьэрычэтыщIэ, коллекционер Третьяков Павел езым зэхуихьэса сурэтхэмрэ сом мини 150-рэ Москва къалэм къызэрыхуигъанэм теухуа щIэин тхылъ иригъэтхащ. Третьяковым и цIэр зезыхьэ сурэт галерее цIэрыIуэм и къежьапIэр аращ. ♦1903 гъэм Петербург къыщызэIуахащ Нева псым тралъхьа Троицкэ лъэмыжыр. ♦1953 гъэм ЩIым и къурш нэхъ лъагэ дыдэм - Джомолунгмэ (Сагарматхэ, Эверест) - и щыгум япэу ихьащ Новэ Зеландием щыщ Хиллари Эдмундрэ абы и дэIэпыкъуэгъу Тенцинг Норгейрэ. Метр 8848-рэ зи лъагагъ а бгым дэкIахэм абы щыгум щыхатIат Инджылызым, Непалым, Индием, ООН-м я бэракъхэр. ♦1975 гъэм Белоруссием и автомобиль заводым къыщыщIагъэкIыу щIадзащ СССР-м щынэхъ ин дыдэ хьэлъэзешэ машинэхэр - «БелАЗ-7520». ♦1985 гъэм Брюссель (Бельгие) и «Эйзель» стадионым насыпыншагъэшхуэ къыщыхъуащ - Европэм футболымкIэ и чемпионхэм я кубокыр къэхьыным теухуа кIэух зэхьэзэхуэм еплъыну къызэхуэсахэм ящыщу цIыху 39-рэ хэкIуэдащ абдеж къыщыхъуа зэрызекъуэ-зэрыфыщIым. Инджылызым и «Ливерпуль», Италием и «Ювентус» командэхэм къадэщIхэм зэзэуэн щIадзащ. Зэрызекъуэурэ ахэр стадионым и блыным зэрегулIащ, апхуэдиз тезэрыгуар хуэмыIыгъыу блыныр къэуащ икIи цIыху куэд абы щIипIытIащ. ♦1990 гъэм Ельцин Борис РСФСР-м и Совет Нэхъыщхьэм и УнафэщIу хахащ. ♦1917 гъэм къалъхуащ США-м и 35-нэ президенту щыта Кеннеди Джон. Ар 1963 гъэм яукIащ. ♦1929 гъэм къалъхуащ литературовед, критик цIэрыIуэ, филологие щIэныгъэхэм я доктор, КъШКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и вице-президент, Къэрэшей-Шэрджэсым и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Бэчыжь Лейлэ. ♦1927 гъэм къалъхуащ совет актёр, РСФСР-м и цIыхубэ артист Дмитриев Игорь. ♦1953 гъэм къалъхуащ УФ-м и цIыхубэ артист Абдулов Александр. ♦1964 гъэм къалъхуащ шэрджэс усакIуэ, филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, хэхэс адыгэхэм я литературэр джыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа Абдокъуэ Маринэ. ♦1981 гъэм къалъхуащ футболист, Урысейм спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер Аршавин Андрей. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 20 – 22-рэ, жэщым градус 15 - 16 щыхъунущ. Лъэпкъ Iущыгъэ: Изрэ ныкъуэрэ зэрыщIэркъым. Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "493.txt" }
Къалэ щIыбхэм мафIэгукIэ щызекIуэхэм лъакъуэрыгъажэхэр пщIэншэу къыздрашэкI хъунущ «Кавказ Ищхъэрэ къалэ щIыб пассажир компание» акционер зэгухьэныгъэм зэрихьэ щIыпIэм щызекIуэ къалэ щIыб мафIэгухэм 2019 гъэм мэкъуауэгъуэм и 1-м щегъэжьауэ фокIадэм и 30-м нэсыху пассажирхэм пщIэншэу лъакъуэрыгъажэхэр къыщыздрашэкI хъунущ. Апхуэдэ унафэ компанием къищтащ лъакъуэрыгъажэр фIыуэ зылъагъухэм накъыгъэм и 26-м къызэрагъэпэща урысейпсо зэпеуэм хэтахэм я лъэIукIэ. Апхуэдэ зэхьэзэхуэу Ростов, Пятигорск къалэхэм щекIуэкIахэр къызэгъэпэщынымкIэ 2019 гъэм официальнэ дэIэпыкъуэгъуу щытащ «Кавказ Ищхъэрэ къалэ щIыб компаниер» икIи а махуэм псори хуит ищIащ мафIэгухэр къэзыгъэсэбэпхэм лъакъуэрыгъажэхэр пщIэншэу къыздрашэкIыну. ЦIыхухэр мы спорт лIэужьыгъуэм драгъэхьэхын мурадкIэ а Iуэхум пащащ икIи къащта унафэм ипкъ иткIэ а Iуэхутхьэбзэр псоми пщIэншэу хуащIэнущ гъэмахуэ мазищымрэ фокIадэ мазэмрэ. А зэманым къриубыдэу дэтхэнэ зы цIыхуми пщIэншэу къыздришэкI хъунущ зэпкърымыхауэ зы лъакъуэрыгъажэ. Кавказ Ищхъэрэ гъущI гъуэгум и пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "494.txt" }
Алэрыбгъум щыпащтыхь СССР-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер,Совет Союзымрэ Урысей Федерацэмрэ щIыхь зиIэ я тренер Хьэпай Арамбий самбэмрэ дзюдомрэ ехъулIэныгъэ ин дыдэхэр щызыIэригъэхьащ. А спорт лIэужьыгъуитIыр куэдкIэ зэтохуэ икIи зым къыхэкIыурэ адрейм хыхьэр е тIури къызэдэзы-гъэгъуэгурыкIуэр мащIэкъым. Иужьхэм ящыщщ Арамбий. Ар самбэкIэ СССР-м, Европэм, дуней псом куэдрэ я чемпион хъуащ, дзюдомкIэ Совет Союзым и кубокыр къихьащ, къэралым щекIуэкIа зэхьэзэхуэхэм пашэныгъэр щиубыдащ. И ныбжьыр нэсу спортым хэкIыжа иужькIи, зэпеуэхэм жыджэру зыкъыщигъэлъэгъуащ икIи ветеранхэм я деж ЩIы хъурейм и чемпион щыхъуащ. Арамбий и гъэсэнхэми куэд къахэкIащ европэпсо, дунейпсо утыкур ягъэбжьыфIауэ, текIуэныгъэ инхэр зыIэрагъэхьауэ. Мы Iуэхугъуэр къыщыхъуар 1976 гъэращ. Зыгъэсэныгъэхэр щекIуэкI пэшым зэрызехьэмрэ псалъэмакъымрэ щыкуэдт. Тренер цIэрыIуэ Куэблэ Екъуб и макъым зыщригъэIэтым, псори зэщIэщымащ: - Иджыпсту Арамбий и бэнэкIэм фыщигъэгъуэзэнущ. Алэрыбгъум фыкъетIысэкIи, набдзэгубдзаплъэу фыкIэлъыплъ, - жиIащ абы. Адыгейм хыхьэ Теучэж щIыналъэм и Таухьэблэм 1953 гъэм къыщалъхуа щIалэщIэм и ныбжьыр абы щыгъуэм илъэс пщыкIущ хъуа къудейуэ арат, ауэ и зэфIэкIымкIэ цIэрыIуэ хъуакIэт. Алэрыбгъум мыпIащIэу къытехьа Iэбыдэ-лъэбыдэ бэнакIуэм зэуэ и хьэрхуэрэгъур ипхъуатэри, тридзащ. - Иджы, ар дыдэм хуэмурэ къытегъэзэжыт, - зыхуигъэзащ абы Екъуб икIи, щысхэмкIэ къеплъэкIыжри, къыпищащ: - Фэри феплъыт Арамбий и лъакъуэхэр зэригъэувымрэ и Iэхэр здишиймрэ. …Арамбий и адэ Хьэпай Исуф зэрылэжьакIуэш­хуэр зымыщIэ Теучэж щIыпIэм, уеблэмэ Адыгей псом ису къыщIэкIынтэкъым. Я къуажэм щызэхэт «Октябрь» колхозым ар и механизатор пашэт. Абы и лэжьыгъэр я гум дыхьэрт и къуэхэми икIи щысабийм щегъэжьауэ зыхащIащ щIакхъуэ Iыхьэр тыншу къызэрыпIэрымыхьэр. Дэнэ щIыпIэ щыIэми, щIалэхэр гъавэ Iухыжыгъуэм кърихьэлIэжырти, колхоз губгъуэм итт пщэдджыжь нэмэзым къыщыщIэдзауэ жэщыбг хъухукIэ. Исуф и IэщIагъэм япэу хуигъэса бынхэм я нэхъыжь Аслъэн иригъэджэжат Арамбий, мыдрейм и шынэхъыщIэ Хьэмид (иужькIэ самбэмкIэ Совет Союзми Европэми я чемпион, дунейпсо классымкIэ спортым и мастер, Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и тренер хъуар) Iуэхум хуэIэижь ищIыжат. ЗэадэзэкъуиплIым зэгъусэу комбайнхэр щагъэлъащэм и деж уеплъыну гухэхъуэт. Ахэр щIыналъэм щынэхъыфIхэт икIи псори зэрыгушхуэт. Мис апхуэдэу зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу зэдэпсэурт, зэдэлажьэрт Хьэпай Исуф и унагъуэр - зэкъуэшиплIрэ зэшыпхъуищрэ къызыщIэхъуэр. Къыщыхъуа щыIэкъым бынхэм адэ-анэр щагъэукIыта, хуэмыфащэ къыщыжрагъэIа. Уеблэмэ зыхэтхэм фIы илъэныкъуэкIэ сыт щыгъуи къахэщырт. Гукъинэжщ зэгуэрым Урысей Федерацэм и самбистхэм я зэпеуэ Мейкъуапэ зэрыщекIуэкIар. Зы хьэлъагъым щыбанэрт Хьэпай зэкъуэшхэу Ас-лъэнрэ Арамбийрэ. Я хьэрхуэрэгъу псори хагъащIауэ, ахэр финалым щызэIущIэн хуейт. Арамбий нэхъыщIэми, и ехъулIэныгъэхэр нэхъ инт. Аслъэн спортым и мастер хъун папщIэ зы текIуэныгъэ закъуэ зыIэригъэхьэжын хуейуэ арат, и къуэш нэхъыщIэр хигъащIэу. ТIуми ар ящIэрт. АрщхьэкIэ Арамбий зыхригъэгуакъым. Аслъэни текIуэныгъэ нэпцI хуейтэкъым. Зэкъуэшхэр самбэм пасэу дихьэхат. Ахэр щысабийм хуабжьу ехъуапсэрт «СССР-м спортымкIэ и мастер» бгъэхэIур зыхэлъ я къуажэгъу Мэшлокъуэ Рэмэзан уэрамым щрикIуэкIэ икIи абы и Iэпкълъэпкъ зэкIужымрэ и зыIыгъыкIэ уардэмрэ зрагъэщхьыну хущIэкъурт. Куэблэ Екъуб и япэ гъэсэнхэм ар ящыщт. ИужькIэ Iэщын Алий Таухьэблэ къигъэзэжащ. Ари спортым и мастерт икIи и гъэсэнхэр зэхуишэсу щIидзащ. Хьэпайхэ я зэкъуэш нэхъыжьищыр зэуэ абы кIуащ. Iэщыным и деж зыщызыгъэсэну хуейхэр куэдыкIейт. Уеблэмэ ахэр гъунэгъу къуажэхэми къикIырт, гъуэгуанэ кIыхьхэр зэпачурэ. Абыхэм ящыщ куэд самбэм цIэрыIуэ ищIащ. Пэжщ, иужькIэ Хьэпай Арамбий Куэблэ Екъуб зришэлIащ, япэу зэрилъагъуу игу ирихьри. Псыжь (Кубань) Iуфэ Iусхэм ящыщу Арамбийщ япэ дыдэу самбэмкIэ дунейпсо чемпион хъуар. Ар къызэрыхъуа щIыкIэр куэдрэ и нэгу къыщIохьэж, ауэ зэи щымыгъупщэжынур япэ лъэбакъуэхэр спортым зэрыщичаращ. 1970 гъэм, и ныбжьыр илъэс пщыкIубл фIэкIа мыхъуауэ, Хьэпай Арамбий спортым и мастерым и мардэр игъэзэщIащ. А илъэс дыдэм жэз медалыр къыщихьащ Совет Союзым и чемпионатым. КъыкIэлъыкIуэ илъэсиплIым «Урожай» обществэм и къэралпсо зэхьэзэхуэм щыпашащ. Самбэмрэ дзюдомрэ я федерацэр абы щыгъуэм зыуэ щытащ икIи тIумкIи зэпеуэхэм ухэт хъурт. Арати, дзюдоми и зэфIэкIхэм щеплъу хуежьащ Арамбий. Абыи ехъулIэныгъэфIхэр къыщихьу иригъэжьат, арщхьэкIэ спортым хэзыша самбэр япэ фIищыжащ. ЕхъулIэныгъэшхуэхэр къыхуихьащ Хьэпайм 1973 гъэм. ЯпэщIыкIэ ар щытекIуащ Урысей Федерацэм и самбист щIалэщIэхэм я зэпеуэм, къыкIэлъыкIуэу дыщэ медалыр къыщихьащ Совет Союзым. А лъэхъэнэр игу къыщигъэкIыжкIэ, Арамбий щIэх-щIэхыурэ и гугъу ещI и хьэрхуэрэгъуу щыта Козленковым. Ахэр куэд дыдэрэ финалым щызэIущIэрт, ауэ сыт щыгъуи текIуэр адыгэ щIалэрат. Iуэхур щымыхъум, Козленковым и хьэлъагъыр ихъуэжащ. 1973 гъэм къэралпсо зэхьэзэхуэм щIидзэным и пэ къихуэу ахэр зэхуэзащ. Зэхуэгуапэу зэщIэупщIащ. - Дауэ дыхъуну аргуэру, дыщэ медалыр зыщ зэрыхъур? - гушыIащ Арамбий. - Уэ уи хьэлъагъым ущытекIуэнщ, сэ сызыхыхьагъащIэм пашэ сыщыхъунщи, зэфIэкIащ, - къитащ жэуап Козленковым. - Сэри си хьэлъагъым хэзгъэхъуащ… А псалъэхэр щызэхихым Козленковым и фэр пыкIри, и тренерым дежкIэ зричащ. Хьэпайм зыхуимыгъэзэн папщIэ зы жэщым къриубыдэу килограммитху кIэригъэхури, Козленковым нэхъапэм зыхэта гупым игъэзэжащ. Арамбий аргуэрыжьти, дыщэ медалыр къихьащ. Козленковми и нэр къызыхуикIыр икIэм-икIэжым зыIэригъэхьащ, абы папщIэ хуабжьу гугъу зригъэхьын хуей хъуа пэтми. Гум имыхужщ Литвам и къалащхьэ Каунас 1974 гъэм щекIуэкIа, Совет Союзым и чемпионатым кърикIуари. Зым адрейр къыкIэлъыкIуэурэ и хьэрхуэрэгъухэр хигъащIэурэ Арамбий финалым хуэкIуэрт. Абы нэсын папщIэ самбист цIэрыIуэ Рудман Давид фIэкIын хуейт. Ауэ ар дауэ зригъэхъулIэну? А тIур финал ныкъуэм зэхуишащ. Рудман лъагэт, гъурт, пащIэ фIыцIэ Iуву тетт. Хьэпайр абы елъытауэ лъахъшэт, ауэ зэIэщIэлът. Хэт текIуэми, дыщэм щIэбэнынут. Мыбы ипэкIэ Рудман Хьэпайр къыхигъэщIат. Абы лъандэрэ илъэсым нэблагъэ дэкIат. ТIуми ерыщу зэхьэзэхуэм зыхуагъэхьэзырат. Куэдым я гугъат апхуэдиз текIуэныгъэр къихьа иужькIэ Давид спортым хэкIыжыну. АрщхьэкIэ тепщэгъуэр иутIыпщыну ар хуейтэкъым. Арамбии зыхущIэкъур текIуэныгъэрат. Совет Союзым и чемпионатым щытекIуэмэ, Европэмрэ дуней псомрэ щыбэнэну Iэмал иIэнут. Абы елъытауэт Куэблэм Хьэпайр мы зэхьэзэхуэм зэрыхуигъэхьэзырар. Екъуб ищIэрт Рудман зы мэскъалкIи ухуэбэлэрыгъ зэрымыхъунур икIи сыт щыгъуи зэреныкъуэкъупхъэр, зы тэлайкIэ нэхъ мыхъуми япэ зэрищыпхъэр. Судьям зэIущIэм щIригъэдзащ. Арамбий и хьэрхуэрэгъур зэуэ епхъуатэри, едз. Адыгэ щIалэм къыдэщIхэм я дэрэжэгъуэр инщ. АрщхьэкIэ гурыIуэгъуэркъым, Давид къитыну жэуапыр сыт хуэдэми. Абы нимыгъэсу Арамбий и ныкъуэкъуэгъур алэрыбгъум треубыдэ… ЗэIущIэр иухыным дакъикъитI щиIэжым Хьэпайр 3:0-у япэ ищат. - Арамбий, умыбэлэрыгъ, еныкъуэкъу, - тригъэгушхуэрт и гъэсэныр Екъуб. - Къэнэжар мащIэ дыдэщ, умыутIыпщ. Плъагъуркъэ ар зэрешар?! И тренерым и псалъэхэр Хьэпайм IупщIу зэхех икIи и жыIэм тетщ. Иужь секундхэр макIуэ. И нэхэр щыункIыфIыкIыным хуэдэу ешащи, и Iэхэр поху, и лъэм ерагъкIэ иIыгъыжу аращ. И хьэрхуэрэгъуми хузэфIэкIыж щыIэкъым. Зыр адрейм щIэгъэкъуауэ абыхэм зэIущIэр яухащ. Къаруушхуэ тригъэкIуадэу къэралым и чемпион Рудман Давид хэзыгъэщIа Арамбий адэкIэ финалыр къыпэщылът. Дауэ ирихьэлIа ар кIэух зэIущIэм? ЗэфIэувэжауэ пIэрэ и къарур? Дыщэ медалым щIэбэныну Авдонинымрэ Хьэпаймрэ алэрыбгъум техьащ. Арамбий и хьэрхуэрэгъур тридзэну щыхущIэкъум и Iэр фIэцIэфтри, и лъабжьэм къыщIэхутащ. Модрейм ар къигъэсэбэпри, идзащ икIи очкоиплI зэуэ хуатхащ. Хьэпайм къыдэщIхэм ящыщ куэд, ялъагъур яхуэмышэчу, зэхьэзэхуэр щекIуэкI пэшым щIокI. Мыгувэу абыхэм дикторым и макъыр зэхах: «ТекIуэныгъэр къабзэу ихьащ Авдонин Сергей, Мэзкуу къалэм щыщым». Куэблэ Екъуб Арамбий бгъэдыхьэщ, и Iэ ижьыр и дамэм трилъхьэри, зэпIэзэрыту жриIащ: «Iуэхукъым. Фэ иджыри фызэхуэзэнщ». Апхуэдэуи къэхъуащ. Хьэпаймрэ Авдонинымрэ мызэ-мытIэу зэхьэзэхуэхэм щызэIущIащ икIи адыгэ щIалэр сыт щыгъуи адэкIэ текIуащ. ИужькIэ Арамбийщ дунейпсо утыкур Iэджэрэ зыгъэбжьыфIар. ЩIы хъурейм и чемпион Улан-Баторрэ Минскрэ 1974, 1975 гъэхэм тIэунейрэ щыхъуами, абы зэи зыкъыфIэщIыжакъым. Ар сыт щыгъуи къызэрыгуэкI адыгэ щIалэу щытщ. Тщыгъупщэжыркъым Хьэпайм и иужьрей зэхьэзэхуэхэм ящыщ зыр. Фэбжь игъуэтар ерагъкIэ игъэхъужарэ СССР-м и чемпионатым кIуэну зигъэхьэзыру, зыгъэсэныгъэхэм ящыщ зым и Iэр аргуэру щигъэузыжащ. Дохутырхэм чэнджэщ къратащ а зэхьэзэхуэр блигъэкIыну. Ар хъункIэ Iэмал зимыIэт. Апхуэдиз гугъуехьыр псыхэкIуадэ хъунуи?! Зэпеуэм щIидзэным къэнэжа мазитIым Арамбий етIысэхакъым. Къижыхьырт, зигъасэрт. ИкIэм-икIэжым и Iэр гипсым къыдахыжащ. АрщхьэкIэ, чемпионатым кIуэным тхьэмахуэ фIэкIа имыIэжу, а Iэ дыдэм фэбжь игъуэтыжащ. Псалъэмакъ ежьащ Хьэпайм самбэм щищIэнур къиухауэ. Абы къыхэхъуэжащ зи ныбжьыр илъэс мыхъуа и пхъур дунейм зэрехыжам ехьэлIа гуауэшхуэр. ГъащIэм къигъэдзыхэхэм, ириудхэм ящыщкъым Хьэпай Арамбий. СССР-м и чемпионату Ташкент щекIуэкIа зэхьэзэхуэм ар екIуу хэтащ икIи дыщэ медалыр иIыгъыу къигъэзэжащ. КъищынэмыщIауэ, абы Адыгейм къыздишащ и Iэзагъымрэ текIуэныгъэм ерыщу зэрыщIэбэнамрэ папщIэ саугъэт щхьэхуэхэр. Ауэ сыт хуэдиз уасэ щIита а псоми Арамбий? Ар зыщIэр фIыуэ къэзыцIыхухэрщ. Спортсмен нэхъ лъэщ дыдэми зэгуэр утыкур ебгынэ. 1983 гъэм ар къыпэщылъащ Хьэпай Арамбий. АрщхьэкIэ зы махуи Iуэхуншэу щысакъым. Къызэригъэпэщри, и унафэм щIигъэуващ Адыгейм СамбэмкIэ и федерацэр, республикэм самбэмкIэ и тренер советым и Iэтащхьэ хъуащ. И Iэзагъым щIэблэр хуигъасэуи хуежьащ. Аращ зи фIыгъэр Мэрэтыкъуэ Сэхьид, Аулъэ Айдэмыр, Аджырэ Роберт сымэ дунейпсо чемпион зэрыхъуар. СамбэмкIэ къэралым 19-рэ щытекIуа, 11-рэ дуней псом и чемпион хъуа, Европэм блэнейрэ щыпаша, Дунейпсо кубокыу 8 къэзыхьа Хьэсанэ Мурати зи гъэсэныр Арамбийщ. Аращ Совет Союзми Урысей Федерацэми щIыхь зиIэ я тренер цIэ лъапIэхэр къыщIыфIащари, ЩIыхьым и орденыр къэралым къыщIыхуигъэфэщари. Лъэпкъым и къэкIуэнуми ирипIейтей цIыхущ Хьэпай Арамбий. Адыгей Хасэм и тхьэмадэу 2008 - 2012 гъэхэм ар щытащ икIи лэжьыгъэфI куэд а лъэхъэнэм зэфIихащ. Краснодар крайм и гуп къыхэхар. 1985 гъэ И гъэсэнхэм яхэсу. ЖЫЛАСЭ Заурбэч.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "495.txt" }
Дыдыкъушым фыхуэсакъ! ЦIыхум хуэдэу, дунейм псэущхьэу тетыр мэсымаджэ, уз зэмылIэужьыгъуэхэр къофыкI. Уз зэрыцIалэ зыпкърыт псэущхьэм адрей псэущхьэхэр зэрицIалэм и мызакъуэу, цIыхуми ар къыпкърыхьэнкIэ мэхъу. ЦIыхум и узыншагъэм зэран нэхъ хуэхъу псэущхьэхэм ящыщщ дыдыкъушыр (попугайр). Сыт фщIэн хуейр, дыдыкъуш унэм щIэвгъэсыну фи мурадмэ? Псом япэрауэ, унэм къэфхьа бзум набдзэгубдзаплъэу фыкIэлъыплъын хуейщ. КъищынэмыщIауэ, нэгъуэщI бзу фиIэмэ, а тIур зэлъэбгъэIэсынкIэ Iэмал иIэкъым - зэман гуэркIэ «хьэщIэр» и закъуэ икIи нэгъуэщI пэш щаIыгъ, кIэлъоплъ. А зэманым къриубыдэу дыдыкъушыр сабырмэ, сымаджафэ темытмэ, тэмэму шхэмэ, адрей бзум гъусэ хуэпщI хъунущ. Дыдыкъушым нэхъ шынагъуэ дыдэу къефыкIынкIэ хъунур жьэн узыращ (туберкулёз). ЦIыхум и закъуэкъым, атIэ, псэущхьэ псоми зэхуэдэу къажьэхэуэ узщ ар. Псом япэ яхуэсакъын хуейщ сабийхэм, зи ныбжь хэкIуэтахэм, сымаджэ хъуахэм. Сыту жыпIэмэ, абыхэм я Iэпкълъэпкъыр махэщи, уз зэрыцIалэм пэщIэтыфынукъым. Апхуэдэу, езы дыдыкъушым тэмэму укIэлъымыплъмэ, и шхыным къэуат хэмылъмэ, къылъысын хуей микроэлементхэр имыгъуэтмэ, зэрыс хъарыр бгъэфIеймэ, бзу вейм хэлъ бактериехэм я зэран къекIынущ - сымаджэ хъунурэ, лIэнущ. Абыхэм я хъарым иракIутэ пхъэ пыхахуэр щIэх-щIэхыурэ ямыхъуэжмэ, уз зэрыцIалэр нэхъыбэ хъунущ. ИкIи ар бзум и закъуэкъым зылъэIэсынур, атIэ, цIыхум и тхьэмбылым итIысхьэнущ, зэрыбауэ хьэуам хэлъу. Зэ IуплъэгъуэкIэ, цIыхур узыншэу, ауэ къэхъуар къахуэмыщIэу, къытехуэу щылIэ къохъу. ИужькIэ ирагъэкIуэкI къэпщытэныгъэхэм къагъэлъагъуэ ар дыдыкъушым къызэрицIэлар. Абыхэм къапкърыкI узыфэхэм ящыщщ сальмонеллёзыр, хламидиозыр, компилобактериозыр, нэгъуэщIхэри. Дауэ къызэрыпщIэнур дыдыкъушыр сымаджэ зэрыхъуар? Абы уз зэрыцIалэ къыпкърыхьа нэужь, зы махуэ е махуитI дэкIауэщ зыкъызэрыуигъащIэр. Япэрауэ, бзур сабыр, щэху, къарууншэ мэхъу, кIапсэм зимыгъэхъейуэ тесщ, куэдрэ мэжей. Бзум жьэн узыр къызэрыпкърыхьар къэпхутэну гугъущ, сыту жыпIэмэ, ар къезыгъажьэ микробыр зэрытIысхьэр тхьэмщIыгъуращи, къызэрыгуэкI IэмалхэмкIэ къыпхуэщIэнукъым. Сымаджэ хъуа дыдыкъушыр хъужын-мыхъужыныр зэлъытар узыр къыщыпкърыхьаращ. Дохутырхэм зэрыжаIэмкIэ, дыдыкъушым жьэн уз къызэрыпкърыхьам и нэщэнэ зыбжанэ щыIэщ: и макъыр еубыд, нэхъапэIуэкIэ псалъэу щытамэ щегъэтыж, и бзийр фэншэ, махэ мэхъу. ФЫРЭ Анфисэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "496.txt" }
Театрым и илъэсым хуэгъэпсауэ Гъэлъэгъуэныгъэ СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм, иджыблагъэ къыщызэIуахащ Театрым и илъэсым хуэгъэпса гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэн. «Театрым и илъэс, зэхъуэкIыныгъэхэм я лъэхъэнэ» выставкэм утыку къыщрахьащ 1940 гъэм щегъэжьауэ ди республикэм и театрхэм щылэжьа сурэтыщIхэм я IэдакъэщIэкIхэр. Сурэт теплъэгъуэхэр, фащэ зэмылIэужьыгъуэхэр, спектаклхэм я декорацэхэр, гуащэ хьэпшыпхэр, нэгъуэщIхэри щыплъагъунущ абы. Къапщтэмэ, музейм и пэшищым республикэм и театрхэм зэрызаужьар, абыхэм къакIуа гъуэгуанэр нэIурыт пщащI. ЩоджэныцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и художественнэ унафэщI Фырэ Руслан выставкэр къыщызэIуахым япэу псалъэ иратащ. - Театрым щылажьэхэм, фIыуэ зылъагъухэм Театрым и илъэсымкIэ, мы гъэлъэгъуэныгъэмкIэ сынывохъуэхъу. Мы выставкэм цIыху нэхъыбэ къэкIуэну сыхуейт, театрыр зэрызэпкърылъ, образхэр къызэрагъэщI, спектаклхэр зэрызэфIэувэр нэхъыфIу къащIэн папщIэ. Си гуапэ дыдэ хъуащ ди республикэм и тхьэмадэм театрым, гъуазджэм гулъытэ хэха зэрыхуищIыр, а унэтIыныгъэр къызэрыфIэIуэхур. Дызэрыт илъэсым мыпхуэдэ дауэдапщэ нэхъыбэ диIэну сыщогугъ, - жиIащ абы. КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къуэдзэ Карчаевэ Iэминэ и къэпсэлъэныгъэм къыхигъэщащ мы выставкэр къызэрагъэпэщын папщIэ КъБР-м и Театрхэм я лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэм зэфIигъэкIа лэжьыгъэ иныр. - Гъэлъэгъуэныгъэр къызэзыгъэпэщахэм къехъулIауэ къэплъытэ хъунущ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абыхэм яхузэфIэкIащ театрхэм ящIэлъ хуабагъэр мы пэшхэм щызыхыдагъэщIэн. Нэрылъагъущ мы Iуэхум яужь итахэм, сурэтхэр зыщIахэм театрым хуаIа лъагъуныгъэм и инагъыр. Спектаклхэм роль гъэщIэгъуэнхэр ирырагъэзэщIауэ мы пэшхэм щытлъагъу фащэхэр артист телъыджэ куэдым ящыгъащ, - къыхигъэщащ Карчаевэм. Гъэлъэгъуэныгъэм и щхьэхуэныгъэхэм тепсэлъыхьащ КъБР-м и Парламентым ЩэнхабзэмкIэ, граждан жылагъуэмкIэ институтхэм, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм зегъэужьынымкIэ комитетым и унафэщI Пащты Борис. Театр тхыдэм лъагъуэ нэху къыщызыгъэна артист цIэрыIуэхэр выставкэм уигу къызэригъэкIыжыр, иджырейхэм я зэфIэкIыр нэIурыт зэрищIыр къыхигъэщащ абы. КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Темыркъан Геннадий и къэпсэлъэныгъэм и пэщIэдзэм ЩэнхабзэмкIэ министерствэм, СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм, КъБР-м и Театрхэм я лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэм фIыщIэ яхуищIащ. - Мы выставкэм цIыху куэдым я гуащIэ хэлъщ. Сценэм итхэм нэхърэ имытхэм ялэжьыр зыкIи нэхъ мащIэкъым, нобэ ар ди нэкIэ тлъагъуну Iэмал диIэщ. Сыхуейщ театр лэжьакIуэхэм сехъуэхъуну, творческэ зэфIэкI ин, гъащIэ кIыхь яIэну,- захуигъэзащ Темыркъаным къызэхуэсахэм. Горький Максим и цIэр зезыхьэ Урыс къэрал драмэ театрым и режиссёр, КъБР-м и цIыхубэ артист Балъкъэр Юрэ, Музыкэ театрым и режиссёр, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Сафаровэ Тамарэ сымэ, нэгъуэщIхэри къыщыпсэлъащ зэIущIэм. Сурэтхэр Свириденкэ Татьянэ трихащ. ЩОМАХУЭ Залинэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "497.txt" }
Гъунапкъэ зимыIэ Иджыблагъэ Налшык щекIуэкIащ «Кинокавказ 2019» Кавказ Ищхъэрэ щIалэгъуалэ кинофестивалым и етIуанэ зэхыхьэр. Ар щызэхэтащ Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтым (СКГИИ). Урысей Федерацэм щыпсэухэм я лъэпкъ щэнхабзэр хъумэнымрэ я хабзэ дахэхэм нэгъуэщIхэр щыгъэгъуэзэнымрэ, КИФЩI-м и щIыналъэхэм я кинематографистхэр зэгъэцIыхунымрэ зыр адрейм и зэфIэкIым щыгъэгъуэзэнымрэ зи къалэн нэхъыщхьэу щыта фестивалыр Iэтауэ, дахэу махуитIкIэ екIуэкIащ. Абы хэтащ ди щIыналъэми нэгъуэщI къэралхэми щыщ кинематографист ныбжьыщIэхэм я лэжьыгъэхэр. Псалъэм папщIэ, Кавказ Ищхъэрэмрэ Ипщэ федеральнэ щIыналъэмрэ я хэгъэгухэм, Кърымым, Тэтэрстанымрэ Башкортостанымрэ, Латвиемрэ Франджымрэ, Саха Республикэм, Москва, Санкт-Петербург къалэхэм, Абхъазым, Къэзахъстаным, Армением. Фестивалым и къызэгъэпэщакIуэхэм къаIэрыхьа лэжьыгъи 169-м щыщу нэхъыфIу къалъытэу 42-рэ (художественнэ фильму щы, художественнэ фильм кIэщIу 22-рэ, документальнэ телевизионнэ фильму 9, жылагъуэм и гъащIэм ехьэлIа видеороликыу 8) къыхахри, налшыкдэсхэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ ирагъэлъэгъуащ. Фестивалыр зыхуей хуэзэу зэрекIуэкIар къызэгъэпэщакIуэ комитетым и тхьэмадэу щыта, СКГИИ-м и ректор, гъуазджэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор Рахаев Анатолэ я пашэу абы хэлэжьыхьа псоми я фIыщIэщ. Утыку кърахьэну лэжьыгъэхэр къыхихащ кинематографием и IэщIагъэлI нэхъыфIу Москварэ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэмрэ щылажьэхэр зыхэт къэпщытакIуэ гупым. Жюрим и унафэщIу щытащ Герасимов С. А. и цIэр зезыхьэ Урысейпсо къэрал университетым киномрэ телевиденэмрэ я режиссурэмкIэ и курсым и тхьэмадэ, доцент, профессиональнэ щIэныгъэхэмкIэ федеральнэ эксперт Калинин Виталий. Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ. ИСТЭПАН Залинэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "498.txt" }
Къафэр зи псэм хэлъхэр Гъуазджэ Шэджэм щIыналъэм хыхьэ Нартан къуажэм лъэпкъ къафэхэмкIэ щапхъэу къалъыта и «Вагъуэ цIыкIу» сабий ансамблым (художественнэ унафэщIыр Къурашэ Едыджщ) Музыкэ театрым концерт гукъинэж щитащ, Къафэм и дунейпсо махуэм и щIыхькIэ. Хабзэ хъуауэ, къафэр зи псэм хэлъ гупым иужьрей илъэс зэкIэлъыкIуэхэм концерт щIэщыгъуэхэр егъэлъагъуэ. Пшыхьыр иригъэкIуэкIащ Профсоюзхэм щэнхабзэмкIэ я унэм и режиссёр нэхъыщхьэ Гумэ Маринэ. ЩIыналъэ, урысейпсо, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм мызэ-мытIэу адрейхэм щефIэкIа, псапащIэ Iуэхуми жыджэру зыкъыщызыгъэлъагъуэ «Вагъуэ цIыкIу» ансамблым и концертым кърихьэлIахэр лъэпкъ къафэ лIэужьыгъуэхэмкIэ (къафэ, удж хэш, удж пыху, зэныбжьэгъуищым я къафэр, мэлыхъуэ къафэр, убых лъапэрышэ, ислъэмей, нэгъуэщIхэри) хагъэгъуэзащ адыгэ къафэ гъуазджэм и дахагъэм, и мыхьэнэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым хабзэхэмрэ къафэмрэ хуаIэ лъагъуныгъэм. Къыхэгъэщыпхъэщ, КъБР-м и цIыхубэ артист, пшынауэ цIэрыIуэ Сэхъу Хьэсэн гупым и пшынауэ цIыкIухэр пшыхьым зэрыхуигъэхьэзырар. Къэфэным къыдэкIуэу, ахэр пшынэмрэ бэрэбанэмри зэрыхуэIэзэр умыгъэщIэгъуэн плъэкIыртэкъым. Сабийхэр я фащэкIи зыIыгъыкIэкIи къызыхуэтыншэу зэрызэпэщым укIэлъыплъыну гухэхъуэт. Концертыр ягъэдэхащ «Кабардинка» къэрал академическэ къэфакIуэ ансамблым, щапхъэу къалъыта «Ассорти» (Прохладнэ къалэ), «Эльбрус» къэфакIуэ гупхэм. Утыкур зыгъэбжьыфIа артист ныбжьыщIэхэм хъуэхъу, псалъэ гуапэхэр хужаIащ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ фондым и тхьэмадэ ЩоджэнцIыкIу Леонид, УФ-м и цIыхубэ артисткэ, Къэрал саугъэтым и лауреат Гъэсашэ Наталье, КъБР-м и цIыхубэ артистхэу Къуэдз Iэбубэчыррэ Сэхъу Хьэсэнрэ. - Дызэрыгушхуэ къэфакIуэхэр ди гъунэжщи, фестивалхэм мыхъуу, зэхьэзэхуэхэми нэхъыбэу дызэрыхэтыным дыхущIокъу. Абы ныбжьыщIэхэм Iэмал къарет я зэфIэкIхэр къапщытэжыну, щIэхэм нэхъ тегушхуэну. Сабийхэм къафэ лIэужьыгъуэхэр нэхъ екIуу зэрагъэзэщIэным, пасэрей макъамэхэмрэ къафэхэмрэ зэрыдедгъэхьэхыным, лъэпкъ хабзэхэм зэрыщIэтпIыкIыным, ахэр тхъума зэрыхъуным дыхущIокъу, - жеIэ Къурашэ Едыдж. - Ди фIэщ мэхъу лъэпкъым къыдекIуэкI хъугъуэфIыгъуэхэр ди щIэблэм гува-щIэхами къызэращтэжынур. Нэхъыбэу зи ужь дитыр цIыкIухэр Интернетым къишэ зэраныгъэхэм, мыхъумыщIагъэхэм пэIэщIэ тщIынырщ, уэрамым къыдэтшынырщ. Къурашэ Едыдж къыхигъэщащ Шэджэм район администрацэм и Iэтащхьэ ТекIушэ Артур, сабийхэм я адэ-анэхэм фIэкIа щIэгъэкъуэн зимыIэ и гупыр къэралым и нэIэм щIэтамэ, КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм и гулъытэ игъуэтамэ, я Iуэхур адэкIэ нэхъ кIуэтэну къызэрилъытэр. КъэфакIуэ цIыкIухэм зэпеуэхэм къыщахь ахъшэ саугъэтхэр трагъэкIуадэ утыку зэрит я фащэхэр зэрахъуэкIыным, зэхьэзэхуэхэм зыхуэгъэхьэзырыным. ТЕКIУЖЬ Заретэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "499.txt" }
Джэд лыбжьэ Шыуаным тхъу иралъхьэри къагъэплъ. ИтIанэ тыкъыр цIыкIуурэ упщIэта бжьын халъхьэри, зэIащIэурэ дакъикъи 2 - 2,5-кIэ ягъэлыбжьэ, шыбжий сыр плъыжь хьэжа хадзэ, аргуэру зэIащIэурэ дакъикъи 2 хуэдизкIэ ягъэлыбжьэ. Абы, яшыури, джэдыщIэ зэпкърыхар халъхьэ, зэIащIэ. МафIэ мыиным тету, и щхьэр тепIауэ, зэзэмызэ зэIащIэурэ ягъажьэ, вэгъу дахэ трищIэху. ИтIанэ шатэ щIакIэри, шыуаныщхьэр тепIауэ дакъикъи 5 - 7-кIэ ягъэбэкхъ, зэзэмызэ зэIащIэурэ. Абы, зэIащIэурэ, хакIэ шатэпскIэ зэхэщIа гуэдз хьэжыгъэ ухуэнщIа, шыгъу хадзэри, и щхьэр ныкъуэтепIэу ягъэбэкхъ, дакъикъэ 20-кIэ, шыпсым тхъу къытридзэху. Абы и ужькIэ, мэ гуакIуэ къищтэн щхьэкIэ, джэдгын траудэри, шыуаныщхьэр тепIауэ дакъикъи 5 - 6-кIэ щагъэт. Iэнэм щытрагъэувэкIэ, лыр япэщIыкIэ тепщэчым иралъхьэ, абы джэдылым щIащIыхьа шыпсыр щIакIэж. Яшх пщтыру. ПIастэ, щIакхъуэ дашх. Халъхьэхэр (зы цIыху Iыхьэ): Джэдылу - г 190-рэ Тхъууэ - г 30 Бжьыныщхьэ укъэбзауэ - г 15 Гуэдз хьэжыгъэу - г 10 Шатэу - г 260-рэ Шатэпсу - г 50 Шыгъуу, шыбжийуэ, джэдгыну - узыхуейм хуэдиз.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "5.txt" }
Щхьэх зымыщIэм и жьауэр КъБР-м гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрми и мызакъуэу, Адыгейми Шэрджэсми фIыуэ ща­лъагъу КъардэнгъущI Зырамыку илъэс куэд щIауэ щолажьэ щэнхабзэм, мащIи мы IэнатIэм щызэфIигъэкIакъым. Ар икIи щIэ­ныгъэм и гъуэгу мытыншым еш имыIэу ­ирокIуэ. Ар IуэрыIуатэр, уэрэдыжьхэр зэхуэ­хьэсыжынымкIэ, елэжьынымкIэ зы­хуэдэ щымыIэ лэжьакIуэ жыджэрщ. «НАРТХЭР» тхылъыр Налшыки Москваи къыщыдэкIауэ зэрыщытам фыщы­гъуазэщ. Абы ихуахэм и лэжьыгъэ хэлъщ ­КъардэнгъущIым. Псалъэм папщIэ, Щэбэтыкъуэрэ Мэлычыпхъурэ теухуахэр зэхуэзы­хьэсыжари зыхуей хуэзыгъэзари аращ. Адыгэ жылэхэр, жыжьэми гъунэгъуми, къызэхикIухьурэ, абы итхыж уэрэдыжьхэм я мыхьэнэр пхуэмылъытэну инщ, цIыхухэм зыпащI щыIэкъым. Апхуэдэщ, къэтщтэнщи, «Хъымсад и гъыбзэр», нэгъуэщIхэри. И насыпщ КъардэнгъущI Зырамыку хуэдэ цIыхум. Ухуеймэ, Тыркум, ухуеймэ, Иорданием, ухуеймэ, дэнэ лъэныкъуэкIи гъазэ - ар къыщамыцIыхурэ абы и гугъуфI щамыщIрэ адыгэм и мэ зыщыуа щIы кIапэ мы дуней псом теткъым. А псор абы къыхуэзыхьар и лэжьыгъэращ. Куэд, куэд дыдэ щIауэ макIуэ а лIы щыпкъэр щIэныгъэм и гъуэгукIэ, жыжьи нэсащ. Сыт хуэдиз лэжьыгъэ зэфIэгъэкIа хъуа! Псоми псори ямыщIэнкIэ мэхъу. Зырамыку уэрэджыIакIуэ къудейуэ фIэкIа зымыщIи щыIэщ, ауэ дэ, щIэныгъэм зи Iэри зи щхьэри, зэрыжаIэу, хэлъхэм, долъагъу абы ищIэр зыхуэдизыр. Къапщтэмэ, Зырамыкущ ди япэ щIэныгъэлI, тхыдэхутэ Нэгумэ Шорэ «Адыгэ лъэпкъым и тхыдэ» и лэжьыгъэ уасэншэр зэзыдзэкIыу адыгэр и анэдэлъхубзэмкIэ ­къезыгъэджар. Ар 1957 гъэм Налшык тхылъу къыщыдигъэкIауэ щытащ. Куэдым тредзэ щIэныгъэлI жыджэрым, еш, щхьэх зымыщIэм и жьауэр. Дэ, Адыгейм и щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и лэ­жьа­кIуэхэр, Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIэныгъэлIхэм дащIыгъуу, куэдрэ дызэдежьэн ­хуейуэ къытхуохуэ. Иорданием дыкIуауэ, зи сигу икIыжыркъым абы псалъэ гуапэу Зырамыку къыщыхужаIауэ щытар. Дэни ущрохьэлIэ абы и уэрэдхэр зытет пластинкэхэм, щIэныгъэм щызэфIигъэкIа IуэхуфIхэр сыт хуэдэ щIыпIи щащIэ. Сурэтым: Зырамыку и къуэ Николай (1940 - 1979 гъгъ.), Зырамыку и къуэ Мартин (1950 - 1990 гъгъ.), Зырамыку и къуэ БетIал (1952 - 1987 гъгъ.). ХЬЭДЭГЪЭЛI Аскэр, Адыгейм и щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и лэжьакIуэ. 2003 гъэ
{ "source": "apkbr.ru", "id": "50.txt" }
Хэкури анэри зы къуэпскIэ гум епхащ АБЕИКЪУЭ Шухьэиб: Урысей пащтыхьыгъуэм 1763 - 1864 гъэхэм Кавказым щригъэкIуэкIа зауэ политикэм адыгэхэм къытхуихьащ лъапсэрыхыр. Ди лъэпкъым къыкIэлъызэрахьа леймрэ залымыгъэмрэ я лъэужьщ адыгэхэм тщыщ куэд нобэ дунейм щызэбгрыдза зэрыхъуар. Лъэпкъ тхыдэм щыщ а напэкIуэцI фIыцIэм куэд-мащIэми щыгъуазэ, Хэкум теухуа хъыбархэр я адэхэм, нэхъыжьхэм я нэпсыр къекIуэу зэгуэр къызыжраIэжа щIэблэхэр, шэч хэмылъу, щIохъуэпс адэжь щIыналъэм къагъэзэжыну, абы и щIыгум тету и хьэуа къабзэмкIэ, IэфIымкIэ хуиту бэуэну. ХамэщIыр псэупIэ зыхуэхъуа истамбылакIуэхэм къащIэхъуа бынхэу а хъуэпсапIэр зи гъащIэ джэлэсу псэуахэм икIи ар нахуа­пIэ зыщIыфахэм (Тхьэм и фIыщIэкIэ) ящыщщ Абеикъуэ Шухьэиб Мэзан и къуэр. Адэжь щIыналъэм къызэригъэзэжрэ илъэс 45-м нэсами, Шухьэиб ноби хуэнэхъуеиншэщ ди къурш уардэхэм, тафэ хуитышхуэхэм, псы уэрхэм, лъахэрысхэм - ХЭКУ псалъэм къызэщIиубыдэ псоми. Зи ныбжьыр мы махуэхэм илъэс 80 ­ирикъу тхьэмадэм и гур къызэфIонэ, и нэхэм нэпсыр къафIыщIокI. Щыпсэуа щIыпIэм елъытауэ ипэрэ иужьу зэщхьэщыха и гъащIэ гъуэгуанэм иридгъэплъэжыну, лъэпкъым и зыужьыныгъэм епха и гупсысэхэмрэ гукъеуэхэмрэ дыщIэдэIумэ тфIэигъуэу, Шухьэиб иджыблагъэ зыхуэдгъэзащ. - Шухьэиб, уэ уащыщщ илъэси 150-рэ ипэжкIэ гузэвэгъуэ къызылъэIэсу бэлыхь куэд зыгъэва ди лъэпкъым къыщIэ­хъуа щIэблэ минхэм. Зи Хэку къэзыгъэзэжыну лIыгъэ къы­зыкъуэкIа япэ адыгэхэми уахэтащ уэ. А гупсысэхэм уащы­хуэкIуар сыт хуэдэ ныбжьым уиту? - Ди лъэпкъ уардэм и щIыфэм уIэгъэ мыкIыжу телъщ илъэсищэкIэ екIуэкIа Урыс-Кавказ зауэжьым кърикIуа гузэвэгъуэхэр. ЛIэщIыгъуэ псом щIигъукIэ екIуэкIа лъапсэрыхым я псэ емыблэжу, щхьэмыгъазэу хэтащ адыгэр, лъэпкъ щхьэхуитыныгъэм щIэбэну. Зауэм и Iэужьу адыгэхэр дунейм щызэбгрыдза, лъэпкъымрэ Хэкумрэ зырыз, зэпэIэщIэ хъуами, ди адэжьхэм лIыгъэ къакъуэкIащ ди лъэпкъ хабзэр, ди адыгэбзэр фIыгъуэ инхэу тхуахъумэну, унагъуэхэм къихъуэ бынхэр абыхэм дыщIапIыкIыну. Иорданием и къалащхьэ Амман 1936 гъэм сыкъыщалъхуащ сэ. ХамэщI дыкъыщалъхуами, дызэрыадыгэр, Къэбэрдейм дызэрыщыщыр тщIэжу дыкъагъэхъуащ нэхъыжьхэм. ЗэшыпхъуитIрэ зэкъуэшиплIрэ дыхъурти, ди адэ-анэр ди анэдэлъхубзэмкIэ фIэкIа зэи къыдэпсэлъакъым, лъэпкъ хабзэмрэ нэ­мы­сымрэ ди гъащIэ гъуазэу дыкъагъэтэджащ. Абыхэм дэ щIэмычэу къыдгурагъаIуэрт, хьэрып къэралым дыщыпсэуми, дызэрылъэпкъ щхьэхуэр. Ерэ фIырэ щызэхагъэкI ныбжьым сызэрит лъандэрэ зы махуи сщIэжыркъым Къэбэрдейм сыкъэкIуэжыну сыщIэмыхъуэ­псауэ. Тхьэм и фIыщIэкIэ, ар къызэхъулIащ. Адэжь хэкум сэ сяпэ къэзыгъэзэжаи щыIащ (я ахърэтыр Тхьэм нэху ищI), арщхьэкIэ хамэщI къиIэпхъукIыжауэ Къэбэрдейм иджыпсту щыпсэухэм сэращ я нэхъыжь дыдэр. - Фи лъэпкъым и нэхъыжьхэм сытхэр я икIыкIэу ябгынат Хэкур? Адэжь щIыналъэм теухуа хъыбархэм хэт сымэ ущIагъэ­дэIуа? - Си адэ Мэзан хэкужьым хыхьэ Ислъэмей къыщалъхуащ. ЛIэ­щIыгъуэ блэкIам и пэщIэдзэ дыдэхэм (нэхъ пасэнкIи хъунущ ар къыщыхъуар) си адэшхуэ Абеикъуэ Мухьэмэдрэ абы и шынэхъыщIэмрэ я унагъуэхэр я гъусэу хэкум икIащ. А лъэхъэнэм зауэр зэрыувыIэри куэд дэкIат, ауэ цIыхур иджыри гуитIщхьитIт, я къэкIуэнумрэ зэрыс хъуа къэралым щызекIуэ хабзэхэмрэ яхузэхуэмыгъакIуэу, зэрахьэ диныр зэрахъумэным тегужьеикIарэ къэзызэуа лъэпкъышхуэм и цIыхухэм яIэ фIэщхъуныгъэм залымыгъэкIэ бэр зэщIрагъэщ­тэным щыщтэу. Нэхъыжьхэм жаIэжу зэрыщытамкIэ, си адэшхуэри абы и къуэшри а щхьэусыгъуэрат хэкум щIикIар. ХьэжыщI кIуэ щIыкIэу лъахэр ябгынащ, къызэрамыгъэзэжынур хьэкъыу япхыкIауэ. Си адэшхуэм и къуиплIыр, си адэшхуэм и къуэшым и зы къуэр, я щхьэгъусэхэр я гъусэу гъуэгу теуват ахэр. Зы илъэскъым икIи илъэситIкъым гъуэгу зэрытетар. Иорданием щынэсар 1905 гъэрщ. Тхьэм и фIыщIэкIэ, хэщIыныгъэ ямыIэу, уеблэмэ ­гъуэгум иджыри зы щIалэ си адэшхуэм къыхуалъхуауэ псэу­пIэ яхуэхъуа щIыпIэм нэсащ ахэр. Абы щыгъуэ си адэм и ныбжьыр илъэс 13 - 15-хэм нэсат. Апхуэдэу адэжь хэкур IэщIыб ящIащ Абеикъуэ зэкъуэшитIым. Тыркум ди деж щригъэкIуэкIа политикэм къытхуихьащ ар. А къэралыр бгырысхэм къыщIытхуейр гъащIэ дахэ, тынш къытпагъаплъэу, фIыуэ дыкъалъагъуу аратэкъым, атIэ хахуагъэшхуэрэ лIыгъэ инкIэ зи цIэр Iуа адыгэ щIалэхэр къагъэсэбэпурэ Балкан хытIыгуныкъуэм хиубыдэ къэралхэр лъэгущIэт ищIыну арат. Бгырысым хэкур нэгъуэщIу пхуегъэбгынэнутэкъыми, диныр зи лъабжьэ пропагандэ ин Кавказым щригъэкIуэкIащ Тыркум, «муслъымэныгъэ щытемыпщэ къэралым фыкъизэуащи, абы и цIыхухэм зэрахьэ диныр залымыгъэкIэ къывагъэщтэнущ, джаур щIыналъэр фымыбгынэмэ, жыхьэнмэ мафIэр къы­щыфпоплъэ адрей дунейм» жиIэ щIыкIэу. ЦIыху, унагъуэ куэд текIуэдащ а политикэм къыпкърыкIа Iуэхугъуэхэмрэ гуп­сысэхэмрэ. - Хьэзабрэ бэлыхь куэдкIэ гъэнщIауэ щыта а истамбыл ­гъуэгужьым ирикIуахэм, шэч хэмылъу, яхэтагъэнкъым адэжь щIыналъэм гур икъузу къыхуемыплъэкIыжа. Уеблэмэ уэ хамэщI ущалъхуами, уи псэр мыбыкIэ къеIэн зэи щигъэтакъым. А гурыщIэр лъым хэт адэ щIэину къыпхуэнауэ къы­щIэ­кIынт, Шухьэиб… - Щхьэщытхъугъэ хъунуми сщIэркъым, атIэми сэ къыс­щохъу адыгэпсэмрэ адыгэгумрэ адрейхэм емыщхьу: ахэр сытым дежи хуопабгъэ щалъхуа хэкум, и анэдэлъхубзэр щыхуит, и лъэпкъыр щыпсэу щIыналъэм. Аращ и купщIэр «хэкупсэ» псалъэми. Хэкури псэри зы чысэм илъщ, хэкури укъэзылъхуа анэри а зы къуэпсымкIэщ адыгэгум зэрыпыщIар. Абыхэм зэхэдз лъэпкъ яIэкъым. Хэкужьым Iуэхур щызэтеуIэ­фIэжа хъумэ, къагъэзэжыну я мурадат куэдым, дауи. Ар­щхьэкIэ абы ежьэу зыри щысакъым: псэун, шхэн, быныр пIын хуейтэкъэ? А хъуэпсапIэр гу ­лъащIэм щагъафIэ зэпытурэ, ар щIэблэм щIэин нэхъыщхьэу къыхуагъанэурэ, илъэсхэр ­кIуащ. Си адэшхуэ Абеикъуэ Мухьэмэд и унагъуэри аращ. Быныр ипIащ, хэхэс гъащIэм ­хигъэуващ, ауэ зэи ящигъэгъупщакъым хы адрыщIымкIэ Хэкурэ лъэпкърэ зэрыщаIэр. Апхуэдэу дэри дыкъигъэхъуащ ди адэм. Быних дапIащ ди адэ-анэм: Шэрифэ, Шэхьирэ, Iэдиб, Шыхьбан, Шухьэиб, Башир. Ахэращ адэжь лъахэм и хъыбархэр къысхуэзыIуэтэжари. Хуэмейуэ ирашат а тхьэмыщкIэр. Унагъуэм зызэщIакъуауэ, я шыгу-выгури зэщIэщIауэ ежьэн­рэ пэт, Мэзан уэбзэх-щIыбзэх ­хъуащ. Ар къалъыхъуауэ щытащ зы жэщ-зы махуэкIэ. Къызэ­рыщIэкIамкIэ, щIалэ цIыкIур и анэшым, Дыгулъыбгъуей къуа­жэм Абазэхэ, кIуэсауэ абы зыщигъэпщкIурт. Абыхэ къуэ яIэтэкъыми, я пхъум и щIалэхэм ящыщ зы къагъэнэну я мурадат, арщхьэкIэ ди адэшхуэм ар идакъым. Сэ сызэрыщыгъуазэмкIэ, а зы адэ-анэм къалъхуахэм ящыщу Мэзант КъэбэрдеймкIэ зи псэр къыхуэпабгъэр. Абы быни 6 дриIати, псори дыщIи­пIыкIащ хэку лъагъуныгъэм, абы нэхърэ нэхъ къару лъэщ псэм зэрыхэмылъым. Адэжь хэкум теухуауэ ищIэж псори къигубзыгъыжурэ къыд­жиIэжырт адэм. Сэри сигури си псэри етауэ сыхущIэкъурт апхуэдэ хъыбар нэхъыбэIуэ абы къызэрыпкърысхыным. Езыми ар и гуапащэ хъурти, зэман хэхаи имыIэу игу къыщыдридзей дакъикъэм иублэрт и хъыбархэр. И ныбжьым теухуауэ куэд имылъэгъуами, щIалэ цIыкIуу хэкур зрагъэбгына Мэзан и гукъэкIыжхэр мащIэтэкъым. Ар тепсэлъыхьырт Бахъсэн аузыр гъунапкъэншэу къызэрыпщы­хъум, щIымахуэм ар щыщтым деж, абы зэныбжьэгъухэм чын къыщрахуэкIыу зэрыщытам, адэкIэ-мыдэкIэ къыщыкI ­щхъуантIагъэм хуэдэ адэжь ­хэкум фIэкIа нэгъуэщI щIыпIэ зэрыщымыIэм, и цIыхухэм хуэдэ зэрыгъуэтыгъуейм… Апхуэдэхэм деж сэ къысщыхъурт зэи сымылъэгъуа псыхъуэшхуэм мы­вэ абрагъуэхэм сателъэ-сатепкIэу къыщызжыхьу, сыщIэ­хъуэпсырт, си адэм хуэдэу, сэри мыл гущIыIум чыныр вууэ къыщесхуэкIыну, мэракIуащхьэм сытесу ихъуреягъыр къэсплъы­хьу, къудамэхэр си хъы­ринэу сыфIэлъыну… КъысфIэщIырт си адэм зи гугъу къысхуищI Iуа­щхьэмахуэ къыщIэж псынэ щIыIэр зэнзэныпсу си джийм ежэхыу, акъужь къабзэмкIэ тхьэмбылым щызу сыбауэу… Си щхьэм гупсысэрэ хъуэпсапIэу щызэблэжым щIэи гъуни яIэтэкъым. Абдеж си гум къыщыушыпащ Хэкум Iэмал имыIэу къэзгъэзэн мурадыр. Иджы сызэрыадыгэр сщIэ къудей мыхъуу, ар си гумрэ си псэмрэ, си Iэпкълъэпкъым и лъынтхуэ псоми щыгъэбыдауэ хэлъ лъы налъэт си дежкIэ. А псоми ­къадэкIуэу гушхуэныгъэ ин къысхилъхьэрт спкърылъ хэкупсэ гурыщIэ лъэщым. Ди адэр езыри апхуэдизкIэ щIэхъуэпсырт хэкум къигъэ­зэжынуи, «лъэс мыгъуэми, сыкIуэжынт», жиIэрт. Абы зэи къызжиIакъым хэкум гъэзэж жиIэу. Ар щыгъуазэтэкъым абы щекIуэкI Iуэхугъуэхэм, хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, щыщтэу къыщIэкIынут абы щытепщэу жыхуаIэ Iиманыншагъэм. ИтIани, Къэбэрдейм щытепсэ­лъыхькIэ, абы и нэгум ислъа­гъуэрт зэи зылъэмыIэсыжыну фIыгъуэшхуэ гуэрым пэIэщIэ зэрыхъуам къытригъэуа мыхъур хьэлъэм и лъэужьыр. Сэ сыкъэкIуэжыну сызэрыхуейр нахуэу къыздимыIыгъми, шэч хэлътэкъым: ар щэхуу абы иригуфIэрт, иригушхуэрт. Хэт ищIэрэ, «силъ зыщIэт гуэр адэжь щIыналъэм щеувэхми, ари куэд и уасэщ си дежкIэ», жиIэу пIэрэт?.. А псоми нэхъ быдэж ящIащ си хъуэпсапIэр. Ди адэшхуэ-анэшхуэр, си адэр дунейм ехыжа нэужь, сэ си гугъащ ди анэр къыздэсщтэу хэкужьым сыкъэкIуэжыну. Ар Насыпхэ япхъут. И цIэр Муслъимэтт. ЛъэпкъкIэ ахэр Анзорей щыщт. Си ныбжьыр нэсами (илъэс 30-м сынэблэгъат), унагъуэ сухуэнуи сыхущIэкъуртэкъым: сыхуейт ­гъащIэм мыхьэнэшхуэ щызиIэ а Iуэхугъуэр си лъахэм сису, си лъэпкъым сахэсу къесхьэжьэну. Хэкум сыкъызэрыкIуэжын Iэмалхэр къэзугъуейуэрэ хэнейрэ яужь сихьащ а Iуэхум - къызэ­хъулIэртэкъым. Ауэрэ си анэр ­нэхъ сымаджэ къэхъуащ икIи къызэлъэIуащ езыр псэу щIыкIэ щхьэгъусэ зэзгъэгъуэтыну. А тхьэмыщкIэм и лъэIур згъэ­зэщIащ. Ар зригъэлъагъуу и псэр тыншыжыным ежьэ хуэдэ, мазищ къудейщ ар абы и ужькIэ зэрысхуэпсэужар… - Апхуэдизрэ зяужь уита Iуэхугъуэр дауэ къохъулIа-тIэ? Хэт сэбэп къыпхуэхъуар? - Курыт школыр къэзуха нэужь, электроникэмрэ электротехникэмрэ сыхуеджащ сэ. Политикэ Iуэхуми сыдихьэхащ. Коммунистхэр фIыуэ слъагъуу, а партым хэтхэм я Iуэху еплъыкIэхэр сфIэтэмэму щытти, Иорданием щызэхэт а партым сыхыхьауэ щытащ. Ар нахуэу лэжьэну хуит­тэкъыми, гъэпщкIуауэт Iуэхухэр зэрызэфIахыр. СССР-м а лъэхъэнэм коммунистхэм я теты­гъуэ дахэти, абы нрахауэ парт ­литературэ гуэрхэр къытIэ­рыхьэмэ, щэхуу зэIэпытхыурэ щIэдджыкIырт. Совет Союзым, псом хуэмыдэу Кавказым никIыу зыгуэр Иорданием нэкIуамэ, абы нэхърэ нэхъ хьэщIэ лъапIэ ди щIыгум нимыхьауэ къытщыхъурт. Хэхэс гъащIэр зи натIэ ­хъуа адыгэхэм гугъапIэуи ­хъуэпсапIэуи дапщэщи яIэр хэкурысхэращ. Дэри арат. «ХэкужьымкIэ къикIащ ар», - зы­хужаIэм абы щыщ Iыхьэ гуэр къытхуихьа фIэкIа умыщIэну, дигури ди псэри къыхузэIутхырт. 1972 гъэм и бжьыхьэр екIуэ­кIырт. СССР-м никIа гупышхуэм яхэту Иорданием нэкIуат хэкупсэ нэс, жэнэтыр дунейкIэ къэзы­лэжьа ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. ХьэщIэхэр едгъэблэгъат Иорданием щызэхэт Адыгэ ФIыщIэ Хасэм. Iуэхур хъунумэ, аракъэ… Сэ сыпэрытIысхьа хъуащ ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ СССР-м и къэрал консулу Иордание пащтыхьыгъуэм а лъэхъэнэм щыIамрэ зыпэрыс Iэнэм. Хэкум ехьэлIауэ сиIэ гурылъхэмрэ гу­къе­уэхэмрэ си нэгум къищ къыщIэкIынти, «Фи Iуэхухэр дауэ щыт?» - жиIэу Мухьэмэд къызэрызэупщIу, жесIащ си адэжьхэм я лъахэм згъэзэжыну илъэси 6 лъандэрэ яужь сызэритыр икIи ар къызэрызэмы­хъу­лIэр, щхьэусыгъуэ хэхаи къызжамыIэу. Си тхьэусыхафэр къыбгъэдэс лIыкIуэм жриIэжащ ХьэфIыцIэм икIи елъэIуащ ху­зэ­фIэкIымкIэ ар къыздэIэпыкъу­ну. Консулым абдеж сыкъыщигъэгугъащ мазищым къриу­быдэу жэуап къысIэригъэхьэну: хуит сыкъащIми е лъэпощхьэпо щыIэми щхьэусыгъуэр къызжиIэну. А мазэхэр сэ зэрызгъэкIуар зыщIэр Тхьэшхуэм и закъуэщ. Зи псэр дзапэкIэ зыIыгъым сы­хуэдэт. Хъыбарым сежьэрти, си гур тепыIэртэкъым… Абы сыщраджа махуэр зэи сщыгъупщэжынукъым. Консу­лым и деж пщэдджыжьым сыкIуэн хуейуэ пщыхьэщхьэм хъыбар къысIэрыхьат. А жэщым сыту куэд зэзгъэзэхуат сэ. Уо-о-о! Си гъащIэр адэкIэ зэрыхъунур щызэхэкIыну махуэр къэсат: е си хъуэпсапIэм сылъэIэсынурэ дунейкIэ жэнэтым сыкъыщыхутэнут, е гъащIэр схуэзыгъэнэхуу си гум къридз хъуаскIэ закъуэр уфIынкIынут… Нэху схуэмыгъэщу сыIухьащ консульствэм и бжэIупэм. Куэд дэмыкIыуи сыIуагъэщIащ сы­зыхуэкIуа къулыкъущIэм. Абы и нэгум кърих нурымкIэ сэ занщIэу къызгурыIуат си Iуэхур фIы гуэр зэрыхъуар, арщхьэкIэ си гур темыпыIэу бгъэгум икIэзы­зыхьырт. «Абеикъуэ Шухьэиб Мэзан и къуэ. Нобэ къыщыщIэ­дзауэ хуитыныгъэ уиIэщ СССР-м ухуеймэ ущыпсэуну, ухуейми пIалъэ гуэркIэ ущыIэу Иорданием къэбгъэзэжыну», - къызжиIащ абы тхылъ гуэрхэр къысхуишийри. Уо-о-о! Сыт хуэдизрэ сежьат сэ а псалъэхэм! Си нэр нэпс шыугъэхэм ягъаплъэртэкъыми, ­слъагъу щыIэтэкъым, ауэ си тхьэкIумэм зэхахат куэд лъандэрэ сызэжьэу си гущIэм щызгъэфIа псалъэ IэфIыщэхэр! Сэ нэхърэ нэхъ насыпыфIэ дунейм темыту, си адэ-анэр къэтэджыжауэ къысщыхъуат а дакъикъэм! - Къоджаи къожьи щымыIэу, къыщыппэплъэ-ри умыщIэу, жэуаплыныгъэ щIэпхь уна­гъуэри пкIэрыщIауэ адэжь щIыналъэм къытебдзэу укъэ­кIуэ­жыныр дзыхьщIы­гъуэ­джэтэкъэ-тIэ, Шухьэиб? Дауэ къыппежьа хэкужьыр, абы и цIыхухэр? - Дауи, гугъуехьи лъэпощхьэпо куэди цIыхур хуозэ къэрал дэнэ къэна, фэтэр, лэжьапIэ IэнатIэ щихъуэжкIэ. Абыхэм ящыщ зыгуэри си дежкIэ гугъуехьтэкъым. Нэхъыщхьэр - си Хэку сыщыпсэуну хуитыныгъэ зэрызиIэрт, си адэми, сэри, дэ тхуэдэ хэхэс минхэми диIа хъуэпсапIэр нахуапIэ зэрысхуэхъурт. Консулым мазитI хуэдизкIэ хьэзыр сыхъуну жесIами, си щIыбагъ къыдэлъ Iуэху псори мазэм къриубыдэу зэIубз сщIащ. А лъэхъэнэм сэ згъэлажьэрт электроникэ, электротехникэ хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэр щащэ тыкуэн. Ди Iуэхур хъарзынэу зэтеувати, щэхуакIуэхэр ди куэдт. Ахъшэ хьэзыр зи мащIэ щэ­хуакIуэхэм кредиту естырт хьэпшыпхэр. КъыслъыкъуэкIа Iуэхум ипкъ иткIэ, щIыхуэ зы­телъхэм захуэзгъэзащ икIи процентхэри яхуэзгъэгъуурэ ахъшэ къызэзытыжыфхэм къызатыжащ, сыкъамыгъэщIэхъуу. А щIымахуэр мыбыкIэ щыткIийт абы щыгъуэ. ЩIыIэр градус 30-м нэсырт. Сызэрежьэжынум и хъыбар зыхэзыххэм «гъатхэм укIуэжынщ, мы уаем хыу­мышэ абы емыса сабийри балигъри», жаIэрт, ауэ гъэм и зы зэман дэнэ къэна, зы махуэ лейуэ хамэщI сызэрисыфын щыIэтэкъым, адэжь лъахэм сыкъэкIуэжыну Iэмал къыкъуэкIауэ. Си Къэбэрдейм и щIыIэри и хуабэри, и гъурри и щабэри - псори сысейт сэри, гуэхыпIэ имыIэу… «Сежьэжыну сыхьэзырщ», - жыс­Iэу консулым деж сы­щы­кIуэм, Тхьэм и фIыщIэкIэ, абы къызжиIащ кхъухьлъатэм езым и щхьэкIэ сызэрыригъэтIыс­хьэжынур. Апхуэдэуи ищIащ: Иорданием и паспортымкIэ ­кхъухьлъатэм дыкъригъэтIыс­хьэжщ, езыри трапым къыткIэлъыдэкIуейри СССР-м дызэ­рихьэжыну тхылъхэр къыдитыжащ щыми: сэри, си щхьэгъусэми, илъэси 3 зи ныбжь ди хъыджэбз цIыкIу Тамарэ сымэ. Кхъухьлъатэм уафэгум зэ­рызыщиIэтым къыдэкIуэу, сигури хэхъуэу къысщыхъурт, си бгъэчым имыхуэжу. Сэр нэхърэ нэхъ насыпыфIэ уафэмрэ щIылъэмрэ яку къызэрыщамылъхуами шэч лъэпкъ хэлътэкъым! Ереван деж дыкъыщетIысэхри, адэкIэ Минводы дыкъэсыжащ. Сэ сяпэ иту къэкIуэжахэм яхэтт си ныбжьэгъуи, абы дыкъригъэблэгъэжащ, Ислъэмей дэса ди нэхъыжьым и дежи дыкъишэжащ. ИужькIэ республикэм и унафэщIхэр къызэупщIат дэнэ жылэ сыщыпсэуну нэхъ къасщ­тэми, сыт хуэдэ IэнатIэ къысхуа­лъыхъуэну сыхуейми. «Уэсрэ уэшхрэ къыщыттемышхэнрэ быным езгъэшхын щIакхъуэ Iыхьэ къыщызлэжьыфын IэнатIэрэ сиIэмэ, нэгъуэщI зыри сыхуейкъым», - арат си жэуапыр. Си дежкIэ куэд и уасэт адыгэщIым сытету, абы и ­хьэуамкIэ сыбауэу, си лъэпкъым сахэту, адыгэбзэр зэхэсхыу сы­псэуныр. Тхьэм и фIыщIэкIэ, лэжьапIэ IэнатIи къысхуагъуэтащ, псэупIэ уни къыдатащ. Ахэри иужькIэ едгъэфIэкIуащ. СощIэж: Хьэ­фIы­цIэ Мухьэмэд дзэм къулыкъу щищIэу, лъагъунлъагъу къэкIуэжати, я деж мыкIуэжу си унэм ­къеблэгъауэ щытащ. Абы и фIыгъэкIэ аргуэру ди Iуэхур ефIэ­кIуауэ щытащ. Ди псэупIэри нэхъыфI хъуат, Бахъсэн дэта Лимб заводми IэнатIэщIэ къыщыс­хуагъуэтауэ щытащ. Абы сы­щылэжьащ илъэс куэдкIэ. ИужькIэ пенсэ сыкIуащ. Хъарзынэу сопсэу. ХъыджэбзитI къытщIэхъуащ унагъуэм: Тамарэрэ Муслъимэтрэ (си анэм и фэеплъу фIэсщащ). Абыхэм я щIэбли, Тхьэм и фIыщIэкIэ, тлъэгъуащ. - Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэ куэдкIэ гъэнщIа гъащIэ гъуэгуа­нэ зэпыпчащ, Шухьэиб. Уи илъэс 80-м уриплъэжмэ, сытыт абы нэхъыщхьэ дыдэу хэлъауэ, и купщIэу щытауэ къэплъытэр? - ЩIалэгъуэ ныбжьым сызэрит лъандэрэ зихъуэжакъым абыкIэ сиIа еплъыкIэм: Хэку уиIэнырщ гъащIэм щынэхъыщхьэ дыдэр! Сабийр зеиншэкъым, адэ имы­Iэжми. Абы зеиншафэ къыщытеуэр и анэр къыщыщхьэ­щы­мытыжым дежщ. Хэкури анэри зыщ цIыхум и дежкIэ. Уи анэм и куэщI щабэ уису узэрипIым хуэдэ дыдэу, IэфIщ уи адэжь лъахэ ущыпсэунри. Балигъ ухъуа нэужь, укъэзылъхуа уи анэм узэрыхуэсакъым хуэдэу, укъы­щхьэщыжыфын хуейщ уи Хэкуми. Узыхуей гуэр нобэ зэрумы­гъуэтым щхьэкIэ Хэкур бгъэпудыну зыми хуит укъищIакъым. Нэхъыщхьэр лъэпкъ, къупщхьэ уиIэу, уи бзэ, уи хабзэ, уи нэмыс пIыгъыжу дунейм утетынырщ. «Мылъкур уэсэпсщ», - жиIащ пасэрейм. Абы гъащIэр теп­щIыхь хъунукъым. ЖыпIэнурамэ, сынасыпыфIэщ нобэ. Си хэку згъуэтыжащ, си анэдэлъхубзэмкIэ хуиту со­псалъэ, си щIэблэми Iэмал ­естыфащ адэжь хэкукIэ гуны­къуэгъуэ ямыIэу, я щхьэр лъагэу Iэтауэ, хамэм зыхуамыгъэщхъыу псэуну. Сэ си ныбжьыр здынэсам, ноби срикъуакъым ди лъахэм сызэрыщыпсэуамкIэ, абы щыслъагъу псори: цIыхухэри, щIыуэ­псри, ди уафэри, ди щIылъэри - нобэ япэу слъагъум хуэдэу си псэм къыщохъу. Адыгэм и дежкIэ ахэр фIыгъуэ мылъытэщ! - Упсэу, Шухьэиб. Уи быным куэдрэ Тхьэм уащхьэщигъэт! Адэжь хэкум Тхьэм гу щыуи­гъахуэ. Хэкупсэ нэс Абеикъуэ Шухьэиб сэ щысцІыхуар япэ дыдэу ди Хэкужьым дыкъыщыкІуа 1978 гъэр аращ. Ар зи фІыщІэр си къуэш нэхъыжь лъапІэу ­Хъуажь Мухьэмэд-Хъер тхьэмыщкІэрт. Шу­хьэиб дэрэ ди гупсысэхэри, ди дуней еплъыкІэри, ди Хэку зыхэщІэри хуабжьу зэтохуэ. ХЭХЭС адыгэр хэкум къэкІуэжын-къэшэжын Іуэхум и япэ лъагъуэхэш адыгэ хэкупсэ нэсхэм ящыщщ Абеикъуэ Шухьэиб. «Хэкум зыгуэр къысхуищІэнщ» жиІэу, абы щыгугъыу къэкІуэ­жакъым ар. «Си адэжь щІыналъэщи, адыгэр ­дыкъызэрыхъухьа ди щІыпІэжьщи, Іэмал иІэу щытмэ, дыкІуэжынщ, дыщыпсэунщ, зэрытхузэфІэкІкІэ зэрызедгъэужьыным иужь дитынщ», - жыхуиIэ апхуэдэ гупсысэ иІэу аращ. Иорданиеми и Iуэху щыдэкIырт, езым и уней Іуэху хъарзыни щиІэт, тэмэму зиужьу. Апхуэдэу щыт пэтми, Шухьэиб и псэр хамэщІым щытыншакъым. Абы дапщэщи къилъыхъуэрт и Хэкужьым къы­зэрекІуэлІэжын Iэмалхэр, мыбы щыпсэун зэры­хуейри псэкІэ зыхищІэрт. Адэжь лъахэм къэкIуэжу Бахъсэн дэтІысхьэжа нэужь, къызыхыхьэжахэми хъарзынэу яхэзэгъэжащ ар. Адыгэ лъэпкъ гупсысэ куу зиІэ си ныбжьэ­гъушхуэм сохъуэхъу и илъэс 80-мкIэ. Тхьэм узыншэу куэдрэ утхуигъэпсэу. ХэкущIым зи псэр къизыхьэжа Абеикъуэ Шухьэиб, АфІэунэ Абдул, Тхьэбысым Сэмихь, Хъуажь Мухьэмэд-Хъер, Кхъуэжь Яшар, Нартокъуэ Инал хуэдэхэм хаша лъагъуэр гъуэгубгъуэ хъунуи Тхьэшхуэм солъэIу. ХЪУАЖЬ Фахъри, «Адыгэ псалъэ» газетым и обозреватель. Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ. Шухьэиб и къуэшым ипхъу Селинэрэ абы и щхьэгъусэ Нэхущ Ахьмэдрэ. 2014 гъэ Шухьэибрэ и къуэш нэхъыжьым ипхъу Марлинрэ. Ипхъу Муслъимэтрэ Шухьэиб и пхъурылъхухэу Амирэрэ Динэрэ. 2015 гъэ Епсэлъар ЖЫЛАСЭ Маритэщ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "500.txt" }
Къалэмым къуэш зэхуищIахэр ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд (КIэухыр. ПэщIэдзэр №33-м итщ). НЭГУМЭР, Къаз-Джэрий, Хъан-Джэрий, Кърым-Джэрий, Адыл-Джэрий, Къуэдзокъуэр, ХьэтIохъущокъуэр, КIашэр, Ахъмэты­къуэр!.. Япэу къэунэхуа тхакIуэхэр, щIэныгъэлI Iэзэхэр, журналистхэр - ахэр дызэрыгушхуэщ, дызэрыинщ. Абыхэм я гъащIэм куэд къихьащ, езыхэр щылэжьа зэманыр мыкIыхьми, адыгэ тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ хэлъхьэныгъэшхуэ хуащIащ. Пэжщ, дэ тхыбзэ зэрыдимыIам къыхэкIыу, ахэр урысыбзэщ зэрытхэу щытар. Нобэ дэ ­куууэ дджын хуейщ зи гугъу тщIыхэм ягъэкъарууар зыхуэдэр икIи зыхуэдизыр, ахэр утыку зэрихьар къызыхэкIа щхьэусыгъуэхэр, дджын хуейщ тхыдэм и дэтхэнэ лъэхъэнэми елъытауэ, литературэм и къэхъугъэ щхьэхуэ къэс и закъуэу къэщтауэ. «Бгырыс лъэпкъхэм я тхыбзэ щамыIэкIэ, - етх щIэныгъэлI Корзун В. Б., - урысыбзэр къагъэсэбэпыныр къыхэкIащ пасэ лъандэрэ Урысеймрэ абы и щэнхабзэмрэ бгырысхэр пыщIауэ зэрыщытам. АтIэ а зэпыщIэныгъэм фIы къыдэкIуауэ псоми щыжаIэкIэ, абы къыпкърыкIыжар мыфIу букъуэдииныр емыкIу хъунт». Зи цIэ къитIуахэм ящыщ дэтхэнэми заужьынымкIэ сэбэп ­хъуащ урыс щэнхабзэ пэрытымрэ щIэныгъэмрэ, епщыкIубгъуа­нэ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм гъащIэм къыщыунэхуу щIэзыдза Iуэху еплъыкIэщIэхэри абы хэтыжу. Лъэпкъым и зэхэщIыкIым зыкъызэриIэтым къыхэкIа Iуэхущ адыгэхэм щIэныгъэ зрагъэгъуэту абы щыгъуэ зэрыщIадзар. Пэжщ, лъэхъэнэм «къызэрикъузыр» къапщIэу тхащ абыхэм я тхыгъэ куэдыр. Ауэ, адыгэ тхыдэм ехьэлIа тхыгъэфIхэри япэ лъэпкъ тхакIуэхэм я къалэмым къыщIэкIащ. Урыс литературэр я щапхъэу XIX лIэщIыгъуэм цIыхухэр зыгъэпIейтейуэ щыта Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэри къагъэлъэгъуэфащ. Кърым-Джэрий иубырт лIыгъэ щIапIэ зэримыгъахуэу зэрылI пщыхэр, уэркъхэр, адыгэ лъэпкъхэр зэрызэрыукIыжым игу хигъэщIырт. КъимыдэкIэ, ар еныкъуэкъурт адыгэ лъэпкъхэм замыужьыну жызыIэу а зэманым псэуа языныкъуэ тхакIуэхэм, апхуэдэу пудыныгъэ епхыу зы лъэпкъи уещ зэрымыхъунур и тхыгъэхэм щыжиIэрт. Дэ сыткIи дрителъхьэщ Къаз-Джэрийрэ Хъан-Джэрийрэ зэманым къигъэув къалэнхэр къагурыIуэу, урыс Iуэху пэрытхэм ещхьу, Iуэху еплъыкIэ тэмэм абыхэми яIауэ профессор Къумыкъу Тыгъуэн зэриукъуэдийм. Ауэ дэ дыарэзыкъым профессор Турчанинов Георгий а щIэныгъэлIхэм лъэпкъ Iуэху къафIэIуэхуу щымытауэ, лIа­къуэлIэшым къызэрыхэкIар ямыгъэгъуэщауэ итххэмкIэ. Кърым-Джэрий и гъащIэр ирихьэлIащ «лIакъуэлIэш зэщIэхъе­еныгъэкIэ» зэджэм (1825 - 1861). Пащтыхьым ириудыхыну хэтами, хуеудыхакъым а гъэхэм хуэмурэ къызэщIэста мыарэзыныгъэр. Абы къигъэщIыжащ щэнхабзэщIэ. Ар зи IуэхущIафэхэм я дуней еплъыкIэри псори зэсэжахэм ящхьтэкъым, абыхэм Урысей къэралыгъуэм зэрызихъуэжыну щIыкIэри яубзыхурт. Апхуэдэ цIыху бэлыхьхэр и ныбжьэгъуащ Кърым-Джэрий. Абыхэм ядэплъеяуэ, езыри егупсысырт бгырыс лъэпкъхэм я псэукIэм, я щэнхабзэ гъащIэм хилъхьэн хуей зэхъуэкIыныгъэхэм. Пащтыхь Николай Езанэм и лъэхъэнэ бзаджэм адыгэ щIэныгъэлIхэм Iэджэ зэрагъэзахуэрт, адыгэхэр егъэджэн Iэмалхэр къалъыхъуэу проектхэр зэхалъхьэрт, лъэпкъым къыхуэщхьэпэну я гугъэ Iуэхугъуэхэр ялэжьырт. Дигу ихункъым фIыр игъэлъапIэу япэ лъэбакъуэ адыгэ литературэм щызычахэм ящыщ тхакIуэ, щIэныгъэлI Кърым-Джэрий СулътIан.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "501.txt" }
Къалэхэр зэIузэпэщ щIынымкIэ проектхэм я къэралпсо зэпеуэм щытекIуащ Бахъсэн къалэм и паркыр зэIузэпэщ щIынымкIэ проектыр урысейпсо конкурсым хэтащ икIи абы зэрыщытекIуам папщIэ сом мелуан 85-рэ къыхуагъэфэщащ. Урысейпсо конкурсым кърикIуахэр накъыгъэм и 31-м къыщапщытэжащ Воронеж и концерт гъэлъэгъуапIэм. А Iуэхум кърихьэлIащ Урысей Федерацэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Мутко Виталий, Воронеж областым и губернатор Гусев Александр сымэ. 2019 гъэм къалэ мыинхэмрэ тхыдэ мыхьэнэ зиIэ жылагъуэхэмрэ зэIузэпэщ щIынымкIэ проектхэм я конкурсым хэтын папщIэ Урысей Федерацэм и щIыналъэу 77-м заявкэ 330-рэ кърагъэхат. Абыхэм я фIагъыр къапщытащ архитектурэмкIэ, къалэхэр ухуэнымкIэ, тхыдэ-щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэмкIэ, социологиемкIэ, экономикэмкIэ эксперту 62-м. Абыхэм я нэхъыбэм Iэ зэраIэтам ипкъ иткIэ конкурсым щытекIуа проект 80-м хэхуащ Бахъсэн къалэм и паркыр зэIузэпэщ щIынымкIэ проектыр. БАЛЪКЪЫЗ Аминэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "502.txt" }
ДУНЕЙМ ЩЫХЪЫБАРХЭР Адэхэми мылъку щхьэхуэ иратыныр яхузэфIэкIыну? УФ-м и Жылагъуэ палатэм иджыблагъэ къыщыхалъхьа жэрдэмыр гунэс ящыхъуащ абы и хъыбар зэхэзыха псоми. «Анэм и мылъку» фIэщыгъэм щIэту ят мылъкум хуэдэ адэхэми яхуэгъэувыным щытепсэлъыхьащ иджыблагъэ палатэм. Абы теухуа документыр зэхэзылъхьахэм ящыщ, Жылагъуэ палатэм Унагъуэм, анагъэмрэ сабиигъуэм дэIыгъыным теухуа и комиссэм и унафэщI Рыбальченкэ Сергей зэрыжиIэмкIэ, бын куэд зиIэ унагъуэхэм адэм и мылъкури щIэгъэкъуэнышхуэ яхуэхъунут, я жэрдэмыр къэрал къулыкъущIапIэхэм щыпхыкIрэ, а Iуэхум мылъку хухахамэ. Проектым къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, а ахъшэр зратынур ещанэ сабий е нэхъыбэ къызыхэхъуа унагъуэхэрщ, абы щыгъуэми адэ-анэхэри зэбгъэдэсу, нэчыхьи яIэу, я бынхэри зэдапIыжу щытын хуейщ. Адэм и мылъкур анэм ейм и пIэкIэ ятыну аракъым, атIэ ари щхьэхуэу ягъэувыну я мурадщ. И сом бжыгъэкIэ ар анэм и мылъкум хуэдиз хъууэ щытынри нэхъ яфIэтэмэмщ. Проектыр япэщIыкIэ КъуэкIыпIэ Жыжьэм, Калининград областым, Севастополрэ Кърымымрэ щыхапщэныр нэхъ тэмэму къалъытэ, а щIыналъэхэм сабийуэ къыщалъхур зэрыщынэхъ мащIэм тращIыхьу. Проектым зэритымкIэ, ужькIэ абы УФ-м и адрей щIыналъэхэри къызэщIрагъэубыдэнущ. Ар къыхэзылъхьахэм жаIэ, а Iуэхур къыдаIыгъамэ, цIыху нэхъыбэ къэралым къыщалъхуным хуэгъэза лъэпкъ проектым щыубзыхуахэр 2024 гъэм ирихьэлIэу зрагъэхъулIэфынымкIэ ар шэсыпIэ хъуну. IэщIагъэлIхэм къызэрабжамкIэ, адэ мылъкур зэкIэ къагъэлъэгъуа щIыналъэхэм щыхэпщэным илъэситхум къриубыдэу текIуэдэнущ бюджет ахъшэу сом триллионым щIигъу. Мы хъыбарыр зэхэзыхахэр абы я гуапэу къыпэджэжащ. Ар икIи гурыIуэгъуэщ - къэралым щымащIэкъым сабиищи нэхъыби щапI унагъуэшхуэхэр икIи ахэр дэIэпыкъуэгъу зэрыхуэныкъуэр гурыIуэгъуэщ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, анэм и мылъкум теухуа программэр Урысей Федерацэм щагъэзащIэ 2007 гъэм и щIышылэм и 1-м къыщыщIэдзауэ. Мы зэманым абы пэкIуэу ират ахъшэр сом 453 026-рэ хъуащ. Я щхьэ и зэран лъыхъуэхэр Урысейм къыхуагъэува санкцэхэм я зэран зэкIар ди къэралым и закъуэкъым. А Iуэху мыщхьэпэм хилъэфащ Европэм и къэрал псори. «Iуэху щащIэ Урысей» партым зэпилъытащ хэт сыт хуэдиз хэщIыныгъэ игъуэтами. А партым и унафэщIхэм ящыщ Назаров Андрей зэрыжиIамкIэ, Европэ зэгухьэныгъэм хыхьэ къэралхэм мы зэманым ирихьэлIэу хэщIыныгъэу ягъуэтащ еврэ меларди 100-м щIигъу. Абы зэрыжиIамкIэ, а санкцэхэм Iуэху хузиIэ дэтхэнэ къэралми илъэс къэс ику иту фIокIуэд еврэ меларди 7 - 8 хуэдиз. Санкцэхэм я пIалъэм зэрыпащар къэплъытэмэ, хэщIыныгъэхэр нэхъыбэж хъунущ. УФ-м къызэреныкъуэкъу Iэмалу къагъэсэбэпами, абыкIэ езыхэм я экономикэми икъукIэ зэранышхуэ хуэхъужащ. Къэралым и мызакъуэу, цIыху щхьэхуэхэми къыхуагъэуващ санкцэхэр. Мы зэманым ирихьэлIэу урысей цIыху 200 яхэтщ апхуэдэ санкцэхэр зыхуагъэувахэм. Нобэрэ пщэдейрэ Мэкъуауэгъуэм и 5, бэрэжьей ♦Дыкъэзыухъуреихь щIыуэпсым и дунейпсо махуэщ ♦Урысеймрэ Къэзахъстанымрэ щагъэлъапIэ Экологым и махуэр ♦Дание пащтыхьыгъуэм и конституцэм и махуэщ ♦Бдзэжьей ещэным теухуа хабзэхэр къызэпызыудхэм ебэныным и дунейпсо махуэщ ♦1706 гъэм Москва къыщызэIуахащ дзэ сымаджэщ. Иджы ар Бурденкэ Н. Н. и цIэр зезыхьэ дзэ клиникэ госпиталь нэхъыщхьэрщ. ♦1718 гъэм Пётр Езанэм къыдигъэкIащ Санкт-Петербург и генерал-полимейстер къулыкъур гъэувыным теухуа унафэ. А махуэр Урысейм и полицэр къыщызэрагъэпэща махуэу къалъытэ. ♦1881 гъэм хирургхэм я урысей зэгухьэныгъэр къызэрагъэпэщащ. ♦1945 гъэм Берлин Iэ щытрадзащ Германиер зэрыхагъэщIамкIэ икIи СССР-м, США-м, Инджылызым, Франджым я правительствэхэм Германием и власть нэхъыщхьэм и къалэнхэр зэрагъэзэщIэнум теухуа декларацэм. А къэралхэм я дзэзешэхэу Жуков Георгий, Эйзенхауэр Дуайт, Монтгомери Бернард, Латр де Тассиньи сымэщ абы зи Iэ щIэлъыр. ♦1954 гъэм Москва Эстрадэм и театр къыщызэIуахащ. ♦1967 гъэм КъуэкIыпIэ Гъунэгъум щыщIидзащ хьэрып-израиль зауэм. Ар тхыдэм хыхьащ Махуих зауэ цIэр иIэу - Израилыр Мысырым, Иорданием, Сирием ятеуат. ♦1981 гъэм США-м узыфэхэм якIэлъыплъынымкIэ и центрым и щIэныгъэлIхэм узыфэщIэ - СПИД зыфIащар - къахутащ. ♦2006 гъэм Сербиер къэрал щхьэхуэ хъуащ. Сербиемрэ Черногориемрэ зэрызэхэкIар хэIущIыIу ящIащ. ♦1898 гъэм къалъхуащ Испанием щыщ усакIуэ, драматург Гарсиа Лоркэ Федерикэ. ♦1926 гъэм къалъхуащ журналист, тхакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Бекъан Чыланий. ♦1930 гъэм къалъхуащ адыгей усакIуэ Хъунэгу Нурет. ♦1939 гъэм къалъхуащ УФ-м щIыхь зиIэ и мелиоратор Мамхэгъ Алексей. ♦1941 гъэм къалъхуащ Польшэм щыщ актрисэ цIэрыIуэ, ди къэралым щытраха фильм куэдми щыджэгуа Брыльскэ Барбарэ. ♦1943 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, публицист Бещтокъуэ Хьэбас. ♦1949 гъэм къалъхуащ радиожурналист Къудей Лидэ. ♦1951 гъэм къалъхуащ Урысей тхакIуэ, философ, МКъУ-м и профессор, телевиденэм «ЩIалэ, пщащэ Iущ цIыкIухэр» нэтын цIэрыIуэр щезыгъэкIуэкI Вяземский Юрий. ♦1950 гъэм къалъхуащ псым зэдэууэ есын спорт лIэужьыгъуэмкIэ тренер, УФ-м ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIыхъужь Покровская Татьянэ. ♦1960 гъэм къалъхуащ шэрджэс еджагъэшхуэ, мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор Мамбэт Мурадин. ♦1967 гъэм къалъхуащ экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъМУ-м и профессор ФиIэпщэ Владимир. ♦1967 гъэм къалъхуащ теленэтынхэр езыгъэкIуэкI, «Япэ каналым» сабийхэм папщIэ, апхуэдэуи нэгузыужь нэтынхэр зыгъэхьэзыр и IэнатIэм и унафэщI Пельш Валдис. ♦1998 гъэм къалъхуащ урысей фигуристкэ, Олимп Джэгухэм я чемпионкэ Липницкая Юлие. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, пIалъэ-пIалъэкIэ уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 24 - 25-рэ, жэщым градус 18 - 20 щыхъунущ. Мэкъуауэгъуэм и 6, махуэку ♦Урысыбзэм и махуэщ. Ар ООН-м Жылагъуэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ и департаментым и жэрдэмкIэ ягъэуващ 2010 гъэм, УФ-м щагъэлъапIэ 2011 гъэм къыщыщIэдзауэ. Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм нэхъ къигъэсэбэп бзихым ящыщщ урысыбзэр, инджылызыбзэм, хьэрыпыбзэм, испаныбзэм, китаибзэм, франджыбзэм яхуэдэ дыдэу. ♦Пушкиным и махуэр Урысейм щагъэлъапIэ. 1799 гъэм къалъхуащ урыс усакIуэ, тхакIуэ щэджащэ Пушкин Александр. ♦Къэзахъстаным и Финанс полицэм и махуэщ ♦Швецием и Ныпым и махуэщ ♦Швейцарием лъагъуныгъэм и махуэр щагъэлъапIэ ♦Боливием егъэлъапIэ ЕгъэджакIуэм и махуэр ♦1922 гъэм цIыхубэ комиссархэм я советым и унафэкIэ къызэрагъэпэщауэ щытащ литературэмрэ тхылъ къыдэзыгъэкI IуэхущIапIэхэмрэ я управленэ нэхъыщхьэр (Главлит). Къэралым 1990 гъэхэм щекIуэкIа зэхъуэкIыныгъэхэм я зэманым зэбграутIыпщыкIыжауэ щытащ. ♦1944 гъэм етIуанэ фронтыр къызэIуахащ. ♦1945 гъэм «1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм и къару емыблэжу зэрылэжьам папщIэ» медалыр ягъэуващ. ♦1957 гъэм къэралым щыяпэу Москва «Детский мир» тыкуэныр къыщызэIуахащ. Сабий хьэпшыпхэр щащэ апхуэдэ тыкуэнхэр къыкIэлъыкIуэ илъэсхэм щылажьэ хъуащ СССР-м и адрей къалэшхуэхэми. ♦1992 гъэм Урысейм и Президент Ельцин Борис Iэ щIидзащ Москва къалэм и Iэтащхьэу Лужков Юрий зэригъэувым теухуа унафэм. ♦1876 гъэм къалъхуащ нэмыцэ тхакIуэ цIэрыIуэ, Нобель и саугъэтыр 1929 гъэм зрата Манн Томас. ♦1903 гъэм къалъхуащ «Спартак», «Гаянэ» балет цIэрыIуэхэр, нэгъуэщI куэди зытха ермэлы композитор, СССР-м и цIыхубэ артист, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, Совет Союзым и Къэрал саугъэтыр зрата Хачатурян Арам. ♦1904 гъэм къалъхуащ совет актрисэ цIэрыIуэ, СССР-м и цIыхубэ артисткэ, Сталиным и цIэр зэрихьэу яту щыта саугъэтыр 1951 гъэм зыхуагъэфэща Пельтцер Татьянэ. ♦1940 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, егъэджакIуэ, СССР-м егъэджэныгъэмкIэ и лэжьакIуэ нэхъыфI Апажэ Ахьмэд. ♦1943 гъэм къалъхуащ физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, ЩIДАА-м и академик, ГъуазджэхэмкIэ Петровскэ академием и академик, УФ-м метеорологиемкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къалэ Хьэжбарэ. ♦1952 гъэм къалъхуащ медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик Абыдэ Мусэ. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 24 - 25-рэ, жэщым градус 17 - 19 щыхъунущ. Лъэпкъ Iущыгъэ: Аргъынэ кIыхьыр и жагъуэщ, шынакъ кIы гъуанэр и щIасэщ. Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "503.txt" }
Дызэрыгушхуэ лъагапIэхэр Илъэсищэ ипэкIэ Совет властыр текIуэу къэралыгъуэ теплъэ ягъуэтыжа иужькIэщ адыгэхэм физкультурэмрэ спортымрэ зищIысыр къыщащIар, абы тету я гъащIэр яхьа пэтми. Нэхъри заужьу щIадзащ нэхъапэм ди лъэпкъэгъухэр дэзыхьэхыу щыта бэнэкIэ лIэужьыгъуэхэм, шыгъажэм, бжы дзыным, шабзэрэ фочрэ гъэуэным, нэгъуэщI куэдми. Абыхэм къахыхьащ иджыри къэс зыщымыгъуэза топджэгур, къызэдэжэр, хьэлъэ къэIэтыныр, лъагэу дэлъеиныр, волейболыр, баскетболыр икIи ехъулIэныгъэфIхэр зыIэрагъэхьащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменхэр къэралпсо утыку нэхъ щихьар Хэку зауэшхуэм и ужькIэщ. Псом япэу зрагъэужьащ куэд дыдэ дэзыхьэхыу хуежьа топджэгум. 1959 гъэм мэлыжьыхьым и 18-м, СССР-м футболымкIэ «Б» классым щекIуэкIа зэхьэзэхуэм Налшык и «Спартак»-м япэ лъэбакъуэр щичащ. Абы лъандэрэ налшыкдэсхэм зэIущIэ минитIым нэблагъэ ирагъэкIуэкIащ икIи нэхъыбэм щытекIуащ. ПсэухукIэ Iэпщэ Александр и псэм щигъафIащ адыгэхэм ящыщу япэ дыдэу футболымкIэ 1964 гъэм Совет Союзым и чемпион зэрыхъуар. Абы щыгъуэм къуэш пэлъытэу диIа куржыхэм (иужькIэ абхъаз Iуэхум ар зыкъомкIэ къызэIищIащ) а лъэхъэнэм яIа гуфIэгъуэм и инагъымрэ а ехъулIэныгъэр зэраIэтамрэ нэгум къыщIэгъэхьэгъуейщ. Тбилиси и «Динамо»-р япэ дыдэу къэралым и чемпион хъуащ. … Щалъхуа къуажэм дэт еджапIэр къиуха иужь, Сашэ Тырныауз шахтым лэжьапIэ уващ. Сыхьэт зыбжанэкIэ щIы щIагъым щылэжьа пэтми, абы къыщIэкIыжрэ тIэкIу загъэпсэхуа, едзэкъа иужькIэ щIалэхэр топ джэгуну зэхуэсырт. Тырныауз щыщ футболист щIалэщIэм и хъыбар мыгувэу республикэ псом щызэбгрыкIащ. ИкIи Налшык и «Спартак» командэр къызэрагъэпэщыну мурад щащIым Iэпщэр япэу ирагъэблэгъахэм ящыщ зыщ. Къэралпсо утыку зэрихьэрэ ди щIалэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр лъагэу яIэтащ. Футболист ахъырзэманхэу Iэпщэ Александр, Туаев Къазбэч, Наурзокъуэ Юрэ, Ещтрэч Владимир, Лъэрыгу зэкъуэшхэу Викторрэ Къазбэчрэ, Мирзоев Виталий, КIурашын Олег, Биджиев Хьэсэнбий, Хьэпэ Заур, Исаев Щамил, Гъубж Вячеслав, Бэч Руслан, Саркисян Альберт, Дзэмыхь Анзор сымэ, нэгъуэщI куэди къэрал псом къищынэмыщIауэ, хамэ щIыпIэхэми щыцIэрыIуэщ. Ди «Спартак»-м текIуэныгъэ ин дыдэхэри иIащ. Къапщтэмэ, сыт и уасэ 1965, 1970 гъэхэм етIуанэ лигэм хэт командэхэм я зэхьэзэхуэм псоми щефIэкIыу РСФСР-м и чемпион зэрыхъуар?! Нэхъапэм ди футболист къыхэжаныкIхэм хамэ щIыпIэхэм я командэхэр ягъэбжьыфIэурэ къекIуэкIамэ, зэман дэкIри, дэ езым апхуэдэ гуп зэкъуэт лъэщ диIэ хъуащ. Гум зэи ихужынкъым ди «Спартак»-р премьер-лигэм зэрыкIуар щызэхэкIа 2005 гъэм щэкIуэгъуэм и 3-м стадионым и джэгупIэ губгъуэм и курыкупсэм адыгэ джэгушхуэ къыщызэIузыха цIыху минхэм я нэгум илъа гуфIэгъуэр. Абы хуэбгъэдэфынур налшыкдэсхэр РСФСР-м и чемпион щыхъуа гъэхэрщ. Илъэсихрэ ныкъуэкIэ ди щIалэхэр яхэтащ къэралым и гуп нэхъыщхьэм икIи дэрэжэгъуэ куэд къыдатащ. Уей-уей жрагъэIэу Совет Союзым я командэ нэхъыфI дыдэхэм блэкIа лIэщIыгъуэм и 80 гъэхэм яхэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым регбимрэ волейболымкIэ и гупхэр. Ахэр нэхъапэм ди деж щымыIа спорт лIэужьыгъуэти, куэдым яфIэтелъыджэт. РегбимкIэ «Университет» командэм хэтыр адыгэ защIэт, бэнэкIэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ, хьэлъэ къэIэтынымкIэ спортым и мастерхэу, Iэчлъэч защIэу. Щоджэн Олег къызэригъэпэщу премьер-лигэм игъэкIуа цIыхубз волейбол командэри дэтхэнэ щIыналъэри зэрыгушхуэт. Абы къыщыхэжаныкIхэу Лий Ларисэрэ ЗекIуэрей Эльвирэрэ иужькIэ илъэс зыбжанэкIэ Испанием щыджэгуащ. Гуп зэпеуэхэм ехъулIэныгъэфIхэр щыдиIами, дэрэжэгъуэ нэхъыбэ къыдэзытар щхьэзакъуэ зэхьэзэхуэхэм хэта ди щIалэхэращ. БлэкIа лIэщIыгъуэм и 70 гъэхэм Шыхъуэ Борис и цIэм иримыгушхуэ адыгэ къэгъуэтыгъуейт – арат Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу япэ дыдэу Олимп чемпион хъуар. Абы ипэжкIэ къэралпсо, дунейпсо лъагапIэхэри мызэ-мытIэу къищтат. Зэманыр макIуэ, ауэ цIыхухэм ящыгъупщэркъым нэхъапэм дэрэжэгъуэ къезыта, лъэпкъымрэ хэкумрэ я пщIэр зыIэтахэр. Шэч хэлъкъым ап­хуэдэхэм зэращыщыр СССР-м тхуэнейрэ и чемпион (1968, 1971, 1972 гъэхэм командэ зэпеуэм, 1968 гъэм щхьэзакъуэ зэхьэзэхуэм, 1972 гъэм махуэ куэдкIэ екIуэкIа зэдэжэм), дунейпсо чемпион (1970 гъэ), Олимп чемпион (1972 гъэ) Шыхъуэ Борис. Ахэмын Еленэ и адэ Рабихь къулыкъу щищIа Уралым къыщалъхуащ. Свердловск (иджы Екатеринбург) и «Уралочка» командэ цIэрыIуэм хэту ар къэралым, хамэ щIыпIэхэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэ куэдым щытекIуащ. Абы и тренер нэхъыщхьэ Карполь Николай адыгэ бзылъхугъэм пщIэ лей къыхуищIырт къикIуэт зэримыщIэм, Iэзагъ, ерыщагъ ин зэрыбгъэдэлъым къыхэкIыу. Совет Союзым и командэ къыхэхам хэту Ахэмын Еленэ зэпеуэ куэдым бжьыпэр щиубыдащ. АрщхьэкIэ псоми я щхьэжу абы къелъытэ Москва щыIа Олимп джэгухэм я дыщэ медалыр. Дэтхэнэ зы спортсменми и хъуэпсапIэ Олимп джэгухэм и зэфIэкI къыщигъэлъэгъуэну налшыкдэс Рогожин Сергей къыхуихуащ икIи 1980 гъэм Мэзкуу щекIуэкIа шы спортымкIэ троеборьем и гуп зэхьэзэхуэм дыщэ медалыр къыщихьащ. Къардэн Мурат тренер цIэрыIуэ Къалмыкъ Юрэ и деж алыдж-урым бэнэкIэмкIэ зыгъэсэн щыщIидзащ. Дунейпсо кубокым щэнейрэ (1992, 1995, 1997 гъэхэм) щытекIуащ, Европэм и чемпионщ (1998). Австралием и Сидней къалэм щекIуэкIа XXVII Олимпиадэм (2000) дыщэ медалыр къыщихьащ. Къардэн Мурат илъэс зыбжанэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым Физкультурэмрэ спортымкIэ и комитетым и унафэщIу щытащ, иджыпсту КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэщ, педагогикэ щIэныгъэхэм я кандидатщ. 2004 гъэм Афины щекIуэкIа Олимп джэгухэм Аккаев Хьэжмурат атлетикэ хьэлъэмкIэ зэпеуэм дыжьын медалыр къыщихьащ. ИлъэсиплI дэкIа иужькIэ ар дыщэм хущIэкъуащ. АрщхьэкIэ Пекин щызэхэта Олимпиадэм абы къыщылъысар жэз медалырщ. Килограмм 94-рэ зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм тIэу бгъэдыхьэгъуэм абы къыщиIэтащ килограмм 402-рэ икIи чемпион хъуам къызэрыкIэрыхуар килограммиплI къудейщ. Китайм щекIуэкIа Олимп джэгухэм (2008 гъэм), килограмм 96-рэ зи хьэлъагъхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я зэхьэзэхуэм дыщэ медалыр ­Хъущт Аслъэнбэч, и хьэрхуэрэгъухэм зы балли яримыту, къыщихьащ. А гъэ дыдэм Дунейпсо Кубокыр зыIэригъэхьащ, Европэм и чемпион хъуащ. Франджым, Польшэм, Румынием, Финляндием щекIуэкIа зэпеуэшхуэхэм бжьыпэр щиубыдащ. Иджыпсту КъБР-м спортымкIэ и министрщ. БэнэкIэ хуитымкIэ Махуэ Билал къыпэлъэщын дуней псом теткъым. Ар псалъэ къудейкъым. Абы и щыхьэтщ бэнакIуэ нэхъ хьэлъэ дыдэхэм (килограмми 120-м щIигъухэм) я зэпеуэм 2007, 2009, 2010 гъэхэм щытекIуэу ар щэнейрэ дунейпсо чемпион зэрыхъуар. Псом хуэмыдэу гукъинэжт икIи дэрэжэгъуэ ин къызыпэкIуащ иужьрей ехъулIэныгъэр - финалым абы щыхигъэщIащ 2004, 2008 гъэхэм я Олимп чемпион, 2000 гъэм Олимп джэгухэм дыжьын медаль къыщызыхьа, дуней псом тIэунейрэ и чемпион, Узбекистаным и лIыкIуэ Таймазов Артур. НэхъапэжкIэ Махуэр дунейпсо чемпион ныбжьыщIэхэм я деж 2005, 2006 гъэхэм щыхъуащ. Балигъхэм я зэхьэзэхуэм Европэмрэ къэралымрэ мызэ-мытIэу щытекIуащ. 2012 гъэм Лондон щекIуэкIа Олимп джэгухэм жэз медалыр къыщихьащ, арщхьэкIэ дыщэр зыIэримыгъэхьауэ спортым хэмыкIыжыну и мурадщи, ерыщу зегъэхьэзыр. Хуабжьу дызэрыщIэхъуэпсауэ, гуфIэгъуэшхуэкIэ щIидзащ Рио-де-Жанейрэ щекIуэкIа XXXI Гъэмахуэ Олимп джэгухэм. Абы и япэ махуэм Урысей Федерацэм дыщэ медалыр къыщыхуихьащ Бахъсэн къалэм щыщ адыгэ щIалэ Мудрэн Беслъэн – дзюдомкIэ килограмм 60-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм ар Олимп чемпион щыхъуащ! Къэбэрдей щIалэр и хьэрхуэрэгъу псоми ефIэкIри, Олимп лъагапIэм къыщыхутащ. Мудрэныр спортым зэрыхыхьар самбэращ. Зыгъэсэн зэрыщIидзэрэ куэд дэмыкIауэ, 2007 гъэм ар Урысей Федерацэм и чемпион хъуащ икIи дунейпсо зэпеуэм дыжьын медалыр къыщихьащ. АрщхьэкIэ иужькIэ дзюдор къыхихыжащ. Щхьэусыгъуэр зы закъуэщ – дэтхэнэ зы спортменми хуэдэу, Мудрэныр щIэхъуэпсырт Олимп зэпеуэхэм хэтыну, арщхьэкIэ самбэр абы и программэм хагъэхьатэкъым. Зэман кIэщIым къриубыдэу бэнэкIэ лIэужьыгъуэщIэр Беслъэн къигъэIурыщIащ икIи къыкIэлъыкIуэ илъэсым абыкIи къэралым щынэхъ лъэщ дыдэ хъуащ. АдэкIэ Европэм чемпион (2012, 2014 гъэхэм), дунейпсо зэхьэзэхуэм етIуанэ (2014 гъэм) щыхъуащ, Европей джэгухэм (2015 гъэм) дыщэ медалыр къыщихьащ. Абыхэм къапэкIуащ «Урысей Федерацэм дзюдомкIэ щIыхь зиIэ и мастер» цIэр. АдэкIэ Олимп лъагапIэм хуэкIуэ гъуэгур къызэIуха хъуащ. Тыншу щытакъым Джэду Iэниуар спортым зэрыхыхьа щIыкIэр. Езыр щалъхуа Псыгуэнсу къуажэм и адэ къуэш Анатолэ дригъэщIыхьа бэнакIуэ пэшым япэу щыкIуам и Iэр къутауэ къыщIэкIыжащ. Ирикъунут ар спортым гущыкI ирихуэпщIыну. АрщхьэкIэ ехъулIэныгъэ зыIэрызыгъэхьэфыр ерыщращ. Япэ фэбжьым къригъэкIуэтакъым Iэниуар икIи и хъуэпсапIэм лъагъуэ хухишащ. ЩIыналъэм, республикэм, къэралым текIуэныгъэхэр къыщихьурэ лъэбакъуэ зырызурэ Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам ираджэным хуэкIуащ. Апхуэдэ дзыхь къезыгъэзахэри щIегъуэжакъым. 2010 гъэм щегъэжьауэ абы ди къэралми лъэпкъми я пщIэр иIэт зэпытурэ екIуэкIащ. А зэманым къриубыдэу Джэду Iэниуар Дунейпсо кубокыр зыIэригъэхьащ, тIэунейрэ Европэм и чемпион хъуащ, Европей джэгухэм щытекIуащ, дунейпсо чемпионатым жэз медалыр къыщихьащ, нэгъуэщI зэпеуэ куэдми щыпашащ. 2016 гъэм шыщхьэуIум и 19-м и мэрем пщыхьэщ­хьэм адыгэ лIыхъужь цIэрыIуэхэм иджыри зы къахэхъуащ. Ар лъыпсыр къыпыжу чемпионыгъэм ерыщу щIэбэна Джэду Iэниуарщ. Рио-де-Жанейрэ дыщэ медалыр къыщылъымысами, дуней псор абы и лIыгъэм итхьэкъуащ икIи щытхъу псалъэ куэд къилэжьащ. IэщIагъэлIхэми абы кIэлъыплъахэми къызэралъытамкIэ, Джэдум и дыжьын медалыр дыщэ куэдым нэхърэ нэхъ лъапIэщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым спортыр лъэ быдэкIэ щыуващ. Шэч хэлъкъым дяпэкIи абы и щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ я ехъулIэныгъэхэм лъэпкъми, республикэми, къэралми я щIыхьыр дунейпсо утыкум зэрыщаIэтынум. Жыласэ Заурбэч.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "504.txt" }
Iэпкълъэпкъ пщыкIутIым къыдэкIыу… Iуэху еплъыкIэ Адыгэбзэр джыныр, адрей бзэхэми хуэдэу, псалъэхэр зэхуахьэсурэ къежьа Iуэхущ. 17-нэ лIэщIыгъуэм япэу а Iуэхум иужь ихьащ нэмыцэ щIэныгъэлI Дрешер. Абы зэхилъхьащ нэмыцэ-адыгэ-осетин псалъалъэ. 18-нэ лIэщIыгъуэм и блыщI гъэхэм адыгэбзэм елэжьащ Гюльденштедт. Ауэ абы и лэжьыгъэр езыр псэууэ дунейм къытехьакъым. Академик Паллас Пётр Симон хэлэжьыхьыжауэ а псалъалъэр 1791 гъэм къыдэкIащ. ИужьыIуэкIэ езы Паллас и лэжьыгъитI дунейм къытехьащ: «Слова черкес кабардинских» (псалъэ 284-рэ), «Перевод на черкесский диалект, письма не имеющий» (псалъэ 286-рэ). Адыгэбзэр джыным япэ хэлъхьэныгъэхэр хуэзыщIахэм ящыщщ Клапрот Генрих Юлиус, Шегрен Андрей, нэгъуэщIхэри. УвыпIэ щхьэхуэ еубыд Нэгумэ шорэ адыгэбзэр джынымрэ тхыбзэ егъэгъуэтынымрэ теухуауэ иригъэкIуэкIа лэ­жьыгъэм. Тхыбзэ зимыIа лъэпкъым и лексикэр бджыныр гугъущ, ауэ тегъэщIапIэ пщIын Iэрытх щымыIэми, лексикэр бзэм и лъабжьэу щыщыткIэ, нэхъ гулъытэ хуэщIыпхъэщ. Шэч хэлъкъым лъэпкъым и бзэм лъабжьэ хуэхъуар цIыхум и Iэпкълъэпкъым, щыгъыным, абы и шхыныгъуэхэм, Iэмэпсымэхэм я лексикэр арауэ зэрыщытым. Iэпкълъэпкъым ехьэлIа лексикэр щыбджкIэ, гу лъумытэу къэбгъанэ хъунукъым лъэпкъым и цIыхубэ медицинэр. АитIур зэкIэщIэхыпIэ ямыIэу зэпхащ, сыту жыпIэмэ Iэпкълъэпкъыр зэрызэхэлъыр зымыщIэр цIыхум еIэзэфынукъым. Адыгэхэм я цIыхубэ медицинэр, Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу адрей лъэпкъхэм яйми хуэдэу, иджыри тэмэму джа хъуакъым. 20-нэ лIэщIыгъуэм и пэхэм адыгэхэм медицинэм хуеджауэ, щIэныгъэ зыбгъэдэлъу доху­тыр зыбжанэ фIэкIа яхэмытами, цIыхухэм еIэзэфу яIахэр куэдкIэ абы ипэкIэ цIэрыIуэ хъуахэт. «УIэгъэр, щIыфэ узхэр, апхуэдэ адрей узыфэхэр абыхэм зэрагъэхъуж хущхъуэ телъыджэхэр яIэщ, зэрагъэхьэзыр Iэмалхэм адэм къуэр иригъасэу», - етх Бларамберг. Пэжщ, адэм къуэр игъасэрт, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, цIыхум еIэзэу, псом хуэмыдэу къупщхьэ къутар зыгъэхъужу щытар цIыхухэрщ. ЦIыхум и Iэпкълъэпкъым фIыуэ хамыщIыкIыу адыгэхэм къагъэсэбэпыфынутэкъым къупщхьэ къутар ирагъэхъуэжыну мэл е бжэн укIагъащIэм и фэр. Фэр къупщхьэм быдэу къешэкIауэ кIэрагъэгъухьырт, къутапIэр мыхъеин папщIэ. Ар къагъэсэбэпырт, иджыри къагъэсэбэп, сабийм и лъакъуэ Iушэр щагъэхъужкIи. Медицинэ щIэныгъэм къупщхьэ къутапIэхэр яшхэу къыщрагъэжьар 1847 гъэрщ. 1852 гъэм Пирогов япэ дыдэу къутапIэхэр шхэпскIэ ишхэу щIидзащ. 1865 гъэм абы итхыгъащ: «Бгырыс Iэзэхэм уIэгъэ хъуа Iэ-лъакъуэхэр пахыркъым, атIэ ягъэхъуж икIи апхуэдэхэм илIыкI куэд къыхэкIыркъым». Абы ипэкIэ езы Пирогов дыди уIэгъэ хьэлъэ зытелъ, сэкъатышхуэ зыгъуэта Iэ-лъакъуэхэр пиупщIу щытащ. Адыгэхэр цIыхум зэреIэзэфу щытахэм кIыхьу и гугъу пхуэщIынущ. Абы наIуэу къегъэлъагъуэ адыгэхэм цIыху Iэпкълъэпкъым и зэхэлъыкIэм фIыуэ хащIыкIыу зэрыщытар. Нобэрей анатомхэм цIыхум и Iэпкълъэпкъм къупщхьэ щитIым щIигъу, псоми цIэ зырызыххэ яIэу мышц щитхум нэс къыщагъуэт. ЦIыхум и Iэпкълъэпкъым ехьэлIауэ адыгэбзэм дэ къыщыдгъуэтащ псалъэ 300-м нэс. А псом щыщу, шэч къытедмыхьэжыххэу, нэгъуэщIыбзэм адыгэхэм къыхахауэ къэтлъытэр зыщ: куэтэн (тырку.) – «прямауэ кишка». Иныкъуэ щIэныгъэлIхэм тэмакъ, къурмакъей псалъэхэр тыркубзэм къыхэкIауэ къалъытэ. Абы шэч къытепхьэ хъунущ. Зэгъапщэ: къуркъуркъуу иригъэжэхащ; къуртI бжыгъэкIэ ефащ. Дэ къызэрытлъытэмкIэ, тэмакъ псалъэр IыхьитIу зэхэтщ: тэ - ты – (ет мыхьэнэр иIэу) + макъ, къурмакъейр Iыхьищу зэхэтщ: къур – (междометие) + макъ + ей (еигъэ къэзыгъэлъагъуэ). Iэпкълъэпкъым ехьэлIа лексикэр бджын ипэ къэхутапхъэщ «Iэпкълъэпкъ пщыкIутI» жыхуэтIэ псэлъафэр къыщежьамрэ абы хиубыдэхэмрэ зэхэгъэкIыныр. А жыIэгъуэр зэхэзымыха цIыху щIагъуэ щыIэкъым, ауэ абы къикIымрэ Iэпкълъэпкъым щыщу хиубыдэ Iыхьэхэмрэ къыбжезыIэфынур мащIэ дыдэщ. Дэ къызэрытхутэфамкIэ, адыгейхэм апхуэдэ жыIэгъуэ яIэкъым, абы къыхэкIыу къэлъытапхъэщ ар ди адыгэбзэм къыщыхыхьар нэхъ зэман иужьхэрауэ. Iэпкълъэпкъым хиубыдэ Iыхьэхэм теухуауэ еплъыкIэ зэхуэмыдэ куэд щыIэщ, ар и зэранщ ( е и фIыщIэщ) лъэпкъым тхыбзэ зэрыдимыIам. Iэпкълъэпкъым щыщ Iыхьэхэу Iэпкълъэпкъ пщыкIутIым хиубыдэхэр зэхэгъэкIынымкIэ тегъэщIапIэ тщIащ цIыху куэдым къытхуахьа щапхъэхэмрэ «Адыгэ псалъэ» газетым къытехуа тхыгъэхэмрэ. Медицинэ щIэныгъэхэм я кандидат КIыщокъуэ Хьэтау газетым къытрыригъэдзащ а Iуэхум хуиIэ еплъыкIэр. Авторым къызэрилъытэмкIэ, абы хеубыдэ: щхьэр, нитIыр, тхьэкIумитIыр, жьэпэпкъыр, IитIыр, лъакъуитIыр, тхыр, кIуэцIыр, тхьэмщIыгъур, чэр, жьэжьеитIыр, гъутхьэпсыр зэрыкIуэ гъуэгур. Япэрауэ, КIыщокъуэм цIыхум и пкъым щыщу нэхъ япэ игъэщыпхъэ Iыхьэу къилъытэхэм я гугъу ищIу арамэ, сыт абыхэм гур, тхьэмбылыр щIахэмытыр? ЕтIуанэрауэ, дэ дызэреплъымкIэ, жьэпэпкъыр - «носоглотка» (КI.Хь.) Iыхьищу зэхэтщ: жьэ (рот) + пэ (нос) + пкъ(ы) (кость, основание) икIи ар «носоглоткэщ» тхужыIэнукъым, абы (носоглоткэм) бзэм щиIэ фIэщыгъэцIэр тэмакъщIыIущ. КIыщокъуэм Iэпкълъэпкъ пщыкIутIым хебжэ кIуэцIым щыщ Iыхьэхэр. Ар пэжу щытмэ, зырызурэ къихь чэ, тхьэмщIыгъухэм я къызэщIэзыкъуэ мыхьэнэ зиIэ «желудочно-кишечный тракт» жыхуаIэр къегъэлъагъуэри, ар адыгэбзэкIэ гъутхьэпсыр зэрыкIуэ гъуэгуу зэредзэкI. Авторым медицинэ и лъэныкъуэкIэ Iэзагъ зэрыхэлъым шэч къытетхьэркъым, ауэ «желудочно-кишечный трактым» хиубыдэ Iыхьэхэм бзэм езыхэм щхьэхуэу я фIэщыгъэцIэ яIэщ: шхалъэ, кIэтIий гъум, кIэтIий псыгъуэ, кIэтIий лей, н. ИтIанэ, «гъутхьэпсыр зэрыкIуэ гъуэгур» жыхуаIэр бзэр калькэкIэ зэджэхэм щыщщ. Ар лъэпкъым фIищакъым, атIэ урысыбзэ фIэщыгъэцIэр адыгэбзэкIэ зэдзэкIауэ аращ. КIуэцIым щыщ Iыхьэхэр Iэпкълъэпкъ пщыкIутIым хэзыбжэхэм ягу къэдгъэкIыжыну дыхуейт адыгэхэм яIэ псэлъафэхэр: «И Iэпкълъэпкъ пщыкIутIыр зэхуэдэкъым», «Уи Iэпкълъэпкъ пщыкIутIым къыдэкIыу псапэ щIэн», нэгъуэщIхэри. Гу лъытапхъэщ, кIуэцIкIэ ныкъуэдыкъуагъэ зыбгъэдэлъым щхьэкIэ апхуэдэ псэлъафэхэр зэрыжамыIэм. Газетым къытехуащ Джаурджий Хьэтыкъэ а Iуэхум зэреплъри. Джаурджийм зэритхамкIэ, Iэпкълъэпкъ пщыкIутIым хеубыдэ: Iэр - 2, лъакъуэр - 2, нэр - 2, тхьэкIумэр - 2, тхыр, бзэр (жьэ, бзэгу), пэр, щхьэр. Авторым кърибжэкIхэм мыбы щхьэр хигъэхьа нэужь, щхьэм щыIэ нэр, пэр, тхьэкIумэр, бзэр зырызыххэурэ хебжэж. Апхуэдэу щыхъукIэ, къэнар щхьэ къупщхьэмрэ щхьэ куцIымрэщи, ахэри хэгъэхьэн хуейщ. Дэгум е бзагуэм щхьэкIэ и Iэпкълъэпкъ пщыкIутIыр зэхуэмыдэу жаIэу къытхуэгъуэтакъым. Мы Iуэхум хуиIэ нэгъуэщI еплъыкIэ къытхуиIуэтащ Ехъутэныдж Хьэсэн. Абы къызэрилъытэмкIэ, Iэпкълъэпкъ пщыкIутIым хеубыдэ, ауэ абы и щхьэусыгъуэр къыджиIэфакъым, мыхэр: 1) Iэбэлагъ – 2; 2) IэфракIэ – 2; 3) Iэблэ – 2; 4) лъэтхьэмпэ – 2; 5) куэ – 2; 6) лъэдий – 2. Iэпкълъэпкъ пщыкIутIым IэфракIэр щыхыхьэкIэ, нэхъ тэмэмт лъэдийм и пIэкIэ лъэгуажьэр хэгъэхьэныр. Iэпкълъэпкъым щыщ нэхъ къупщхьэшхуэхэр хибжауэ арамэ, сыт шхужь къупщхьэр е щхьэ къупщхьэр щIахэмытыр? ГурыIуэгъуейщ. Iэпкълъэпкъ пщыкIутIым теухуауэ зэхуэтхьэса еплъыкIэ псор зэпкърытхмэ, егъэлея хъунщ, абы къыхэкIыу дэ а Iуэхум худиIэ бгъэдыхьэкIэм и гугъу тщIынщ. ИщхьэкIэ зэрыжытIащи, адыгэхэм 20-нэ лIэщIыгъуэм и пэхэм къэсыху, медицинэм хуеджауэ щIэныгъэ зыбгъэдэлъ яIакъым. Ауэ тхыдэм къыхэщыркъым ахэр каннибалу (цIыху яшхыу) щытауэ, адыгэхэм я мызакъуэу, адрей лъэпкъхэми Iэпкълъэпкъыр зэрызэхэлъыр къащIэныр Iэщ, псэущхьэ яукIахэм деж къыщежьауэ. Пэжщ, цIыхум еIэзэф, уIэгъэхэр, узхэр, уеблэмэ фэрэкIыр зыгъэхъужыфхэр яIащ, ауэ дэ къытхуэгъуэтакъым кIуэцIым хэIэбэу операцэ зыщIыф яхэтауэ. АтIэ, апхуэдэ ямыIамэ, дэнэ кIуэцIым щыщ Iыхьэхэр, Iэщым еймкIэ зрамыгъэщIамэ, къыщацIыхуар? Дэ къызэрытлъытэмкIэ, Iэпкълъэпкъ пщыкIутIым хеубыдэ: 1. IитIыр, Iэпщэм и щIагъкIэ щыIэр (пясть) (Iэщым ехьэлIауэ фIалъэ лъакъуитIыр) - 2; 2. лъакъуитIыр, лъапщэ зэрытыпIэм и щIагъкIэ щыIэр (ступни) - 2; 3. лъапщэм къыщыщIэдзауэ куэпкъ зэрытыпIэм нэс, лъэдийри куэри хиубыдэу (Iэщым ехьэлIауэ куитIыр) - 2; 4. Iэпщэм къыщыщIэдзауэ блэгъур хиубыдэу (Iэщым ехьэлIауэ блатхьитIыр) - 2; 5. дзажитIыр - 2; 6. тхыр - 1; 7. щхьэр - 1. Къардэн Мусэдин, филологие щIэныгъэхэм я кандидат.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "505.txt" }
Мэрем пшыхь Апхуэди къохъу Монти и хъуэпсапIэр Монти зи цIэ щIалэ цIыкIурщ мы хъыбарыр зы­теухуар. Абы и ныбжьыр илъэс 16-м иту, курыт еджапIэм сочиненэ щитхауэ щытащ. ЕгъэджакIуэм унэ лэжьыгъэу къаритат балигъ хъумэ, зэрыпсэуну щIыкIэм, я хъуэпсапIэхэм тетхыхьыну. Монти куэдрэ егупсысащ абы икIи зэритхыну щIыкIэр иубзыхуу щIидзащ. Мэкъумэш IуэхущIапIэшхуэ иIэну хуейт щIалэ цIыкIур. ТхылъымпIэ напипщI къритхэкIащ абы, акр 400 зыубыд щIы IэнэщIым былым, шы зэрыщигъэхъунур, хадэхэкI, гъавэ зэрытрисэнур щиубзыхуауэ. Уеблэмэ фут зэбгъузэнатIэ 4000 хъу унэм и проектыр зыхуэдэнум тетхыхьат. ЕтIуанэ махуэм щIалэ цIыкIум и сочиненэр егъэджакIуэм хуихьащ. Махуищ дэкIауэ Монти и сочиненэр къратыжащ, шакъэ плъыжькIэ «2» итрэ, «дерс нэужьым къанэ» кIэщIэтхауэ. Дерсхэр иуха нэужь, щIалэ цIыкIур егъэджакIуэм зыхуигъэзащ и сочиненэм щхьэкIэ «2» щIыхуигъэувам и щхьэусыгъуэр къыжриIэну. - ЩIыпхуэзгъэувар апхуэдэ хъуэпсапIэ инхэр уиIэн зэрыхуэмейрщ. Апхуэдэ IуэхущIапIэ пщIын щхьэкIэ ахъшэ куэдыщэ ухуейщ. Уэ уи унагъуэм бгъэдэлъ апхуэдэ мылъку? Унагъуэ къулейсызщ уэ укъызыхэкIар. Зэи пхузэфIэкIынукъым, апхуэдэ ранчо бухуэну. Уи хъуэпсапIэр нахуапIэ зэи хъунукъым. Унэм кIуэжи, нэхъ къохъулIэнкIэ хъуну хъуэпсапIэ гуэр тхыи, оценкэ тэмэм пхуэзгъэувынщ, - жиIащ егъэджакIуэм. ЩIалэ цIыкIур унэм кIуэжри и адэм ечэнджэщащ. Мыращ жэуапу адэм къритар: «Си щIалэ, сэ зыкIи сэбэп сыпхуэхъуфынукъым. ХъуэпсапIэр зейр уэращ, ар зыIэрыбгъэхьэным иужь итын хуейри уэращ. Уи сочиненэм епщIэнум уэ егупсыси, зэрынэхъыфIым хуэдэу щIы». Монти тхьэмахуэкIэ егупсысащ ищIэнум. ИтIанэ итха сочиненэр къищтэри егъэджакIуэм деж щIыхьащ: «Уи «2»-р уэ къызыхуэгъэнэж, сэ си хъуэпсапIэр къысхуренэж». Зэман дэкIащ, Монти школыр къиухащ, балигъ хъуащ. Мы хъыбарыр жиIэжри, къедаIуэу щыс ныбжьыщIэ гупым я дежкIэ зыкъигъэзащ: «А хъыбарыр щIывжесIэжар фщIэрэ? Фэ гупыр иджыпсту фыщIэсщ фут мини 4 хъу си унэм, ар и кум итщ акр 400 зыубыд си ранчом. Мес мо жьэгум и щхьэм, рамкэм илъу фIэлъщ си сочиненэр». - Нэхъ гъэщIэгъуэну си гъащIэм къыщыхъуар фщIэрэ? – пищащ адэкIэ Монти. – Илъэсищ ипэ зи гугъу сщIа егъэджакIуэм и еджакIуэ 30 си деж къишэри, ехъулIэныгъэ зиIэ цIыхум и гъащIэм щигъэгъуэзащ, заригъэгъэпсэхуащ, ухуеймэ зумыгъэхъулIэфын зэрыщымыIэр яжриIащ. Ахэр щежьэжым си егъэджакIуэр къызбгъэдыхьэри къызжиIащ: «Монти, илъэс бжыгъэ ипэкIэ, уэ уи егъэджакIуэу щыта сэ уи хъуэпсапIэр къыпфIэздыгъуну яужь сихьауэ щытащ, хуабжьу жагъуэ сщохъу ар. Ауэ апхуэдэ хъуэпсапIэ иныр зэрызэбгъэхъулIэфар иджы си гуапэщ». Фи хъуэпсапIэр зыми евмыгъэдыгъу. Хэт сыт къывжимыIэми, фи гум жиIэращ фщIэнур. ЗэзыдзэкIар Шыпш Даянэщ. ЗэвгъэцIыху Гейтс Билл Иужьрей илъэсхэм дуней псом щынэхъ къулейхэм япэ иту къагъэлъагъуэр Гейтс Биллщ. Абы къыпоуэ мексикэ магнат Слим Эллу Карлос, инвестор цIэрыIуэ Баффет Уоррен сымэ. Мелардырыбжэ Гейтс Билл цIыхухэм хуаIэ щытыкIэр зэщхькъым. Хэти пщIэ хуещI, хэти йофыгъуэ. Дунейм и дэнэ плIанэпи щытопсэлъыхь абы и ахъшэм, псоми яфIэгъэщIэгъуэнщ апхуэдиз мылъку къызэрилэжьа щIыкIэр. Сыт щIэн хуейр апхуэдэ ехъулIэныгъэ уиIэн папщIэ? Крестхэмрэ нолхэмрэ Гейтс Уильям (Билл) 1955 гъэм жэпуэгъуэм и 28-м Вашингтон хыхьэ Сиэтл къалэм къыщалъхуащ. И анэр курыт школым и егъэджакIуэу, и адэр уэчылу щытащ. Билл и цIыкIущхьэм сабий къызэрыгуэкIыу щытащ, и ныбжьэгъухэм зыкIи къащхьэщымыкIыу. Абы зыщихъуэжар и ныбжьыр илъэс 13 щрикъуарщ. Апхуэдэ зэхъуэкIыныгъэм къежьапIэ хуэхъуар Гейтс щеджэ школым щIэс ныбжьыщIэхэм щIэуэ къежьа компьютерыр ирагъэцIыхуну мурад щащIарщ: «НыбжьыщIэхэм компьютер къагъэсэбэпыфу егъэсэныр зигу къэкIар сыщеджэ уней школым щыIэ Анэхэм я клубырщ. ПсапащIэ бэзэрым къыщыхаха ахъшэмкIэ терминалрэ компьютерым папщIэ зэманрэ къащэхуащ. 60 гъэхэм я кIэуххэм школакIуэхэр компьютерым бгъэдэтIысхьэныр Сиэтл дежкIэ телъыджэт. Апхуэдэр зэи пщыгъупщэнукъым», - иритхащ Гейтс езым и IэдакъэщIэкI «КъэкIуэнум и гъуэгухэр» тхылъым. Пэжщ, Билл и закъуэкъым а компьютерым къыIумыкIыжыфу пэрысар, ауэ а зыращ а техникэ телъыджэм къэгъазэ имыIэу дихьэхар. «Си япэ программэр илъэс 13 сыщрикъум зэхэслъхьащ, абыкIэ крестикрэ ноликрэ уджэгу хъууэ арат. Сызыбгъэдэс терминалыр хуэм дыдэу фIэкIа лажьэртэкъым, экрани иIэтэкъым. Дыщызэдэджэгум деж пасэрей зэрытхэ машинкэхэм ещхь клавиатурэмкIэ къэтщыпырти, макъышхуэ зыщI, къыдэзыгъэкI техникэм дыпэплъэу дыщыст. Абы къыдидзыж лентIыр шыIэныгъэ тхэмылъу етхьэжьэрти, деплъырт, текIуар хэтми къатщIэрт, итIанэ адрей кIуэгъуэр зыхуэдэнум дегупсысырт. Зи гугъу сщIы джэгукIэм дакъикъэ зыбжанэ нэхъ темыкIуадэ пэтми, дэ ди шэджагъуашхэ зэманыр зэрыщыту тфIихьырт. Ауэ хэтыт ар къызыфIэIуэхур? Хуабжьу дызыIэпишэрт телъыджэу къытщыхъуа техникэм»… Ахъшэ хуейт Билл кIуэ пэтми нэхъ Iейуэ зыIэпишэрт программэхэр зэхэлъхьэным. Абы къыхэкIыу, лъэпощхьэпохэм ирихьэлIащ, компьютерым хухэха зэманыр къызэрищэхун ахъшэ хурикъуртэкъым. Терминалым зы сыхьэт бгъэдэсын щхьэкIэ, ныбжьыщIэм дежкIэ ахъшэшхуэ доллар 40 щIитын хуей хъурт. «Программэхэм ехьэлIа хьэрычэтыщIэ Iуэху къызэгъэпэщыным сегупсысу щIэздзащ. Си ныбжьэгъу Аллен Пол сэрэ зы гуп зэхуэтшэсри, къызэрыгуэкI программэхэр къэдгупсысу дежьащ. ШколакIуэхэм я дежкIэ ахъшэфI дыдэ хъурт апхуэдэ щIыкIэкIэ гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэм къэдлэжьыр – доллар 5000. Абы и ныкъуэр ахъшэу къыдатырт, адрей Iыхьэр компьютерым дызэрыбгъэдэсын зэманым пэкIуэу тхухахырт. Компание зыбжанэм зэгурыIуэныгъэхэр етщIылIэри, я программэхэр яхузэтедухуэу щIэддзащ абы къыпэкIуэу езыхэм я компьютерхэмкIэ дагъэлажьэу». А лъэхъэнэм Гейтс илъэс 16 ирикъуатэкъым… Абы щыгъуэ информатикэмкIэ егъэджакIуэм Билл деж зыщигъасэрт! Еджэным къыдэкIуэу, Билл программэ гъэщIэгъуэнхэр зэхилъхьэрт, уеблэмэ, къалэ администрацэм папщIэ игъэхьэзырат уэрамым зэрыщызекIуэр убзыхуным ехьэлIа программэ. «Майкрософт»-р къызэрыунэхуар 1973 гъэм Гейтс Гарвард университетым щIэтIысхьащ. Ауэ куэдрэ емыджауэ, къигъэнэн хуей хъуащ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, и зэман псори лэжьыгъэм Iихырт. 1972 гъэм Гейтс «Интел» компаниер зригъэцIыхуащ. Абы а лъэхъэнэм япэу къыщIигъэкIыу щIидзат цIыхухэм зэи къэсэбэпыну ямыгугъэ интегральнэ схемэхэр (чипхэр). Ахэр лифтхэр, калькуляторхэр ягъэлэжьэн папщIэ къагъэсэбэпу арат. Зыми игу къэкIыртэкъым, зэман дэкIмэ, ахэр компьютерхэм я «акъыл» зэрыхъунур. Ар занщIэу къызыгурыIуар Гейтс Билл и закъуэщ. Билл «Интел» компанием щылэжьэн щIидзащ. Абы къыщIагъэкI чипхэр компьютерым щхьэкIэ къигъэсэбэпыну иужь ихьащ, арщхьэкIэ цIыкIу дыдэт, нэхъ лъэрызехьэу ящIын хуейт. «Интел» компанием щылажьэ щIэныгъэлIхэм ящIэртэкъым а чипым къыпэкIуэну сэбэпынагъ къомыр. Ауэрэ компание цIыкIу гуэрым и унафэщI Робертс Эд микропроцессор зиIэ компьютер цIыкIу зэпкърилъхьащ. «Альтаир» зи цIэ а компьютерым клавиатури, дисплеи, нэгъуэщIи иIэтэкъым. Ар зыкIи къыпхуэгъэсэбэпынутэкъым икIи хузэфIэкIIатэкъым. Мис абы щыгъуэ Робертс деж кIуащ Гейтсрэ Ален Полрэ. ЩIалэхэм Эд жраIащ зэпкърилъхьа машинэ цIыкIум программэ иралъхьэу лажьэу зэрызэтраухуэфынур. Пэжщ, щIалитIыр гугъуехь куэд хэтащ - «Альтаирым» папщIэ Бейсик зэхэплъхьэныр тыншу къыщIэкIакъым. «Языныкъуэхэм деж сыхьэт бжыгъэкIэ пэшым сыкъикIукI-сыникIукIыу сыщIэтт, шэнтжьейм ситIысхьэрти, сыгупсысэрт, сыгупсысэрт, сыгупсысэрт. «А лъэхъэнэм Пол сэрэ дыжеиххэртэкъым, уеблэмэ жэщымрэ махуэмрэ щызэхэдгъэзэрыхьи къэхъуащ. Махуэ гуэрхэр къысхуихуащ зыри щызмышха е зы цIыху щызмылъэгъуа. Апхуэдэурэ тхьэмахуитху дэкIа нэужь, ди япэ Бейсикыр зэхэтлъхьащ икIи микрокомпьютерхэм папщIэ программэ зытх компаниер дуней псом япэу къыщыунэхуащ. ТIэкIу дэкIри, абы «Майкрософт» фIэтщащ. ПК-хэр куэд хъуащ Гейтс и фIэщ хъурт, компьютерхэр куэд дэмыкIыу щIэныгъэ лабораторэхэм нэмыщI, унагъуэхэм къыщагъэсэбэпу зэрыхъунур. Абы папщIэ ахэр нэхъ пуд, къэбгъэсэбэпыну нэхъ тынш хъун хуей къудейуэ арат. Арат «Майкрософт»-р нэхъыбэу зытелажьэр. Пэжыр жыпIэмэ, апхуэдэ къэхъуну зыми и фIэщ хъуртэкъым. ЦIыхухэм къазэрыщыхъумкIэ, персональнэ компьютерхэр гъащIэм къыщысэбэпу хъуным куэд иIэт, сытуи ящIыну ар унагъуэм щIэсхэм?! Мыбдежми Гейтс ерыщу и мурадым хуэкIуэрт: «Дэ ди фIэщ хъурт, компьютерхэр унагъуэ къэс зэрихьэнур, абы тетыну программэхэр цIыхухэм къазэрыхуэщхьэпэнур. КъэкIуэнур IупщIу зэрытлъагъум тщигъэпсынщIауэ къызолъытэ ди лэжьыгъэр. И чэзум дыздэщыIэн хуей щIыпIэм а пIалъэ дыдэм дыкъыщыхутащ. ЕхъулIэныгъэ зыIэрыдгъэхьа нэужь, къыддэIэпыкъун цIыху Iущ куэд къэтщтащ. Дуней псом сату щIапIэхэр къыщызэIутхри, къэдлэжьыр Iуэхум хэтлъхьэжурэ зедгъэубгъуащ». Гейтс и ехъулIэныгъэхэм псэщIэ къыхыхьащ «Майкрософт»-м «Ай-би-эм» компанием зэгурыIуэныгъэ щрищIылIам. Япэ персональнэ компьютерхэм папщIэ программэ щхьэхуэхэр ирищащ. Ахэр иджы цIэрыIуэ хъуа MS-DOS системэрщ, текст кърипщып, уриджэгу хъууэ. Япэ ПК-хэр къыщежьам цIыхухэм яфIэтелъыджэ хъуащ, ауэ абыхэм иджыри и кIэм нэсу къагурыIуэртэкъым ПК-м цIыху гъащIэм щаубыдыну увыпIэр. ИужькIэ илъэс зыбжанэ дэкIауэ, «Майкрософт»-м иIэ хъуащ «Виндоус» операционнэ системэ цIэрыIуэр. Абы и лIэужьыгъуэ зыбжанэ тетщ сыт хуэдэ компьютерми. А системэм щIэуэ халъхьэ дэтхэнэ программэри мелуан бжыгъэкIэ зэбгрокI «Майкрософт»-м сом мелардхэр къыхуихьу… НэщIэпыджэ Замирэ. Iущыгъэ Кхъузанищ ЛIы Iущ гуэрым и деж зыгуэр къакIуэри жиIащ: - ПщIэрэ нобэ уэ щхьэкIэ уи ныбжьэгъум жиIар? - Зэ догуэ, - къигъэувыIащ ар лIы Iущым, - ар къызжепIэн ипэкIэ, уи псалъэхэр кхъузанищым щIэгъэкI. - Сыт хуэдэ кхъузанищ? - ЖыпIэнIа ипэ, кхъузанищым щIэгъэкIын хуейщ. Япэрауэ, пэжым и кхъузанэм… Уэ зэхэбгъэкIа иджыпсту къызжепIэну хъыбарыр пэжрэ пцIырэ? - Хьэуэ. Сэ ар жаIэу зэхэсхауэ аркъудейщ… - Ыхьы… Абы щыгъуэм, ар хъыбар нэпцIу къыщIэкIынкIэ зэрыхъунум егупсыс. Иджы етIуанэ кхъузанэм щIэгъэкI – си ныбжьэгъум укъызэрысхутепсэлъыхьынур фIы и лъэныкъуэкIэ? - Хьэуэ, абы теухуауэ бжесIэнур щIагъуэкъым. - ЗэрыжыпIэмкIэ, - пищащ лIы Iущым и псалъэм, - уэ зыбогъэхьэзыр ар бубыну, ауэ щыхъукIи, хужыпIэнум и пэжагъыр зэхэбгъэкIакъым. Уи псалъэхэр ещанэ кхъузанэми щIумыгъэкIыу хъунукъым. Мыхьэнэ гуэр иIэ къызжепIэну зыбгъэхьэзырам, хъер гуэр къыпыкIыну? - Хьэуэ, жызмыIэми зыри къэхъунукъым… - АтIэ, къызжепIэну узыхэт псалъэхэм яхэлъкъым пэжыгъи, гуапагъи, мыхьэнэи. Сыт атIэ щIыжыпIэнур? Шыдымрэ псыкъуиймрэ Зыгуэрым и шыдыр псыкъуийм ихуауэ кърихыжыфтэкъыми, егупсысащ: - Си шыдыр армырами жьы хъуащ, куэд къипсэужынуи къыщIэкIынкъым. ШыдыщIэ къэсщэхун хуейщ армырами. Мы псыкъуийри игъуэжащ, итхъуэжауэ, щIэ къэтIын хуейщ. Уегупсысмэ, иджыпсту си IуэхуитIри зэуэ зэфIэзгъэкIыфынущ: псыкъуийр истхъуэжынщ, апхуэдэ щIыкIэкIэ абы ихуа шыдри щIэслъхьэжынщ… ЛIым и гъунэгъухэр щIыхьэху ищIри, псыкъуийм щIы ирадзэу хуежьащ. Шыдым зихъунщIэ щхьэкIэ, абыи мыхьэнэ иратыртэкъым. Ауэ куэдыщи дэмыкIыу шыдыр щым хъужащ. ЛIыр псыкъуийм еплъыхмэ, елъагъу: шыдым и щIыбым ирадзэ щIыгулъыр зытриутхыпщIыкIыжым, лъакъуэкIэ теувэурэ къыдэбэкъуейрт. ЩIыгулъыр из щащIым, шыдыр псыкъуийм тыншу къипкIыжащ. ЗэзыдзэкIар Гъуэт Синэщ. ЦIыкIухэм факъыхуеджэ ТхьэкIумэкIыхь шынэкъэрабгъэ Псей жыгым и лъэдийм кIэрыгъэщIауэ жей Мыщэр гъы макъым къигъэушащ. Ар едэIуапэри, ТхьэкIумэкIыхь цIыкIур зэщыджэрт. - Сыту сынасыпыншэ сэ! Сыту сытхьэмыщкIэ сэ! Сэр фIэкIа яшхын щхьэ ямыгъуэтрэ къашыргъэми, дыгъужьми, бажэми. Сэри абыхэм сащошынэри, къызэрыслъагъуу зызогъэпщкIу. Апхуэдизу щхьэ сышынэкъэрабгъэ? – зиухыжыпэрт псэущхьэ цIыкIум. Мыщэжьым ар фIэгуэныхь хъуауэ едэхэщIэну зыщиIэтым, Iэуэлъауэм игъэщта ТхьэкIумэкIыхьыр щIэцIывэжащ. Мыщэжьыр тэлайкIэ абы кIэлъыплъа иужь, и щхьэр игъэсысщ, и жьэпкъым етIэхъури пыгуфIыкIыу ежьэжащ. Пщэдджыжьым жьыуэ къэуша Къанжэм хуейм и курыкупсэм ит ашыкышхуэм занщIэу гу лъитащ. Псом япэ псори зэзыгъэщIэну зыфIэфI Къанжэм ар гъунэгъуу щызэпиплъыхьым къилъэгъуащ «Нэхъ шынэкъэрабгъэ дыдэ псэущхьэм ейщ» жиIэу зэрытетхар. - Уэ-хьэ-хьэхь! Сызэрытеун къэзгъуэтащ. Бажэм дежкIэ секIуэкIынщи згъэбэмпIэнщ, - жиIэри ежьащ. Бажэр щхьэукъуауэ Iуащхьэм тести, Къанжэм къигъэщтащ: - Бажэ цIыкIу, хэт нэхъ лъэщ дыдэу мы мэзым щIэсыр? – жери. - Емынэм уимыхькIэ уэ бзу кIэкIэрейр, сыкъэбгъэщтащ! Ар сыт упщIэкIэ делэ! Сэращ нэхъ лъэщ дыдэр! Ар япэрауэ. ЕтIуанэрауэ. Iэмалищэрэ зырэ зыщIэ Бажэжьым къилъхуахэм сащыщщи, сэр нэхърэ нэхъ Iэмалшыи мы мэзым щIэскъым. - НтIэ нэхъ шынэкъэрабгъэ дыдэр хэт? - увыIэрткъым Къанжэр. - Си жейр степхуащ, Къанжэ. Уи цыр сымыщ щIыкIэ зыIуегъэх! - губжьащ Бажэр. - Хъунщ, хъунщ, умыгубжь. Шэджагъуэнэужьым хуейм деж накIуэ, зэхуэс щыIэнущи, - жиIэри Къанжэм Дыгъужьым дежкIэ игъэзащ. Дыгъужьыр мэжалIэрти, гукъыдэжыншэу Къанжэм къыIущIащ: - Сигу ирихьын хъыбар къысхуумыхьамэ, къызжиIакъым жумыIэж, зыц къыптезнэнкъым. ИIэ, къипхъ… - Зы упщIэ закъуэ сиIэу арат, Дыгъужьыжь, - зыхуигъэцIыкIуащ абы Къанжэм. - Хэту пIэрэ нэхъ шынэкъэрабгъэ дыдэу мы мэзым щIэс псэущхьэр? - Арат иджы къысхуумыгъэфащэу къэнэжар! Сэра шынэкъэрабгъэкIэ узэщыр?! ЗыIуегъэх, узыIурызмыдзэ щIыкIэ. - Хъунщ, хъунщ, умыгубжь, Шэджагъуэнэужьым хуейм деж накIуэ, зэхуэс щыIэнущи, - жиIэри Къанжэр лъэтэжащ, адрей псэущхьэхэм хъыбар яригъэщIэну. Шэджагъуэнэужьым мэзым псэущхьэу щIэсыр хуейм деж щызэхуэсауэ ашыкым щхьэкIэ зодауэ, зэрофыщI. Шынэкъэрабгъэу зыми зимыумысыжми, дэтхэнэми ашыкыр езым ейуэ тхьэ иIуэрт. Дыгъужьым лъэщыгъэкIэ ашыкыщхьэр яфIыт­ричри, и гурыIупсыр къажэу ашыкым щиплъэм: - Хэт нэхъ шынэкъэрабгъэр? - жиIэу гъуахъуэу Мыщэр къипщащ. Псэущхьэхэр щтэри. псори щхьэж и занщIэу мэзым щIэлъэдэжащ, ТхьэкIумэкIыхь закъуэм фIэкIа къэмынэу. - Уэ ущIэпхъуэжакъыми-тIэ? - зыхуигъэзащ абы Мыщэм. - Сэ, зиусхьэн Мыщэ, псом нэхърэ сынэхъ шынэкъэрабгъэщ, - жиIащ абы, и макъыр кIэзызу. - Уэра нэхъ шынэкъэрабгъэр? Зыплъыхьыт-тIэ! Дэнэ щыIэ Дыгъужьри Бажэри? Ахэр псори къысщышынэри щIэпхъуэжащ. Уэ зы закъуэращ си пащхьэм къинар. ТхьэкIумэкIыхь цIыкIу, умышынэу, ущIэмыпхъуэжу пэжыр жыпIащи, уэр нэхърэ нэхъ лIыхъужь мы мэзым щIэскъым. Ар сыт щыгъуи уигу игъэлъ. А тIур зэбгъэдэту къэзылъэгъуа псэущхьэхэм Мыщэр зи ныбжьэгъу ТхьэкIумэкIыхьым и Iей абы иужькIэ зэрахуэжакъым. ЗэзыдзэкIар Молей ФатIимэщ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "506.txt" }
Шагъдийм зыкъезыгъэужьыжа зеикъуэдэс лIыхъужьхэр БлэкIам уасэ пэж хуэзыгъэувыр нобэрей махуэращ. ФIыр абы къы­щынэмэ, ар щапхъэ, гъуэгугъэлъагъуэ мэхъу. ЛъэхъэнэщIэр ефIэкIмэ, япэ итахэм пхаша гъуэгур хэмыкIуэдэжауэ аращи, ухуэфэщэныр уэри къэ­кIуэнум и пащхьэ щыпхь пщэрылъщ. Апхуэдэ щIыкIэу фы-­зы­хуэдгъэхьэзыр хъыбарыр дигу къэдгъэкIыжыну щхьэ­у­­сыгъуэ къы­дэ­зытар абы илъэс 70 зэ­ры­щIэкIарщ. Зи гугъу тщIыр Хэку зауэшхуэр зэриухрэ илъэсищ фIэкIа дэмыкIауэ, Зеикъуэ къуажэм щыщ шыхъуэхэм шыщхьэ 64-м хуэзэу шыщIэ 64-рэ къы­щыщIагъэхъуа зэ­манырщ. Пэжщ, тхыдэм зи цIэ къыхэнар цIыхуищщ. Ауэ хэт зымыщIэр жылэм и пщIэр зыIэт ехъулIэныгъэм зы ­къуажэдэси пэIэщIэу къы­зэрымынэр?! ТхакIуэ Киреев Михаил и «Тхыгъэ къыхэхахэм» уа­хъ­тыншэ ищIащ нобэ дигу къэдгъэкIыж Iуэхугъуэр. Адыгэшым и увыпIэр хуэм-хуэмурэ зэриубыдыжым и нэщэнэ къыщIэкIынщ зеикъуэдэсхэм зэрахьа лIыгъэм и уасэр кIуэ пэтми ­нэхъ куууэ зэрызыхэпщIэр. Iуэхур къыщыхъуар Кировым и цIэр зэрихьэу Зеи­къуэ щызэхэта колхозращ. ИщхьэкIэ къитIуа шы бжыгъэр къазэрыщIэхъуам щхьэ­кIэ, 1948 гъэм абы и унафэщI Бырс Анзор (1892 - 1988), шы щагъэхъу фермэм и унафэщI Щоджэн ТIэлашэ (1898 - 1978) шы­хъуэ нэхъыжь Къалмыкъ Хьэжмурат (1926 - 1965) сымэ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь цIэ ­лъапIэр къыхуагъэфэщауэ щы­­тащ. ЦIэ лъапIэм къыдэкIуэу къратащ Лениным и ­орденыр, «Гъубжэрэ Уадэрэ» медалрэ ЩIыхь тхылърэ. Ауэ къэрал гулъытэр зыщ, цIыхухэм я гум фIыкIэ укъинэныр - абы нэхърэ куэд­кIэ нэхъ лъапIэ нэ­гъуэщI зыгуэрщ. Дэри нэгум къыщIэдгъэхьэжыну ды­­зыхуейр лэжьыгъэмрэ Iэ­щIагъэмрэ нэгъуэщI бгъэ­дыхьэкIэрэ нэгъуэщI пщIэрэ щаIа лъэхъэнэращ. «ГъащIэм щыхьэт пэж куэд ихъумащ лIэщIыгъуэ бжы­гъэкIэ зэфIэува ады­гэшым теухуауэ, - жы­жьэ къыщыщIедзэ Киреевым и хъыбарыр. - Пащтыхь Гро­з­ный Иван и шуудзэр ливон зауэлIхэм щатеуэм щы­гъуэ, абыхэм къэбэрдей ­дамыгъэр зытет алащэ те­лъы­джэхэр яхэтащ. Нэ­гъуэщI хъыбарым къе­Iуэтэж Суворов Александр-дзэзешэр уэ­сым щIигъэна Альп къурш­хэм зэрызэп­ры­кIыфар ады­гэшхэм я фIыгъэу». А илъэсхэм Къэбэрдейр иджыри республикэ щхьэ­хуэу Урысейм хэтт. Зауэ нэужь зэманти, колхозхэри хуэм-хуэмурэ къызэфIэу­вэжу арат. Къэбэрдейр илъэс 25-рэ зэрырикъур ща­гъэлъапIэ махуэшхуэм ири­хьэлIэу республикэм къэ­кIуа Маршал Будённый Семён цIыхубэм псалъэ дахэкIэ закъыхуигъэ­зауэ щытащ: «Къэбэрдей колхозхэтхэр си фIэщу къыхузоджэ я къару емыб­лэу ди дзэм дежкIэ мы­хьэнэшхуэ зиIэ, Урысейми хамэ къэралхэми зи пщIэр щылъагэ адыгэш хахуэхэр, жэрхэр, бэшэчхэр къы­зэ­фIагъэувэжыну». «Будённэм и къыхуе­джэныгъэр зэхэзыхыпхъэм зэхихат», - етхыж Киреевым. АдыгэшкIэ игъащIэми цIэрыIуэу щыта Зеикъуэ колхозыр а къалэн ­гугъум щыпэрыхьам иIэ­жыр шы 27-рэт. Шыхъуэ лъэрызехьэхэм я нэпсхэр къекIуэрт жаIэж, а шы Iэбжьыгур я губгъуэхэм иту щалъагъукIэ. «ЛIэщIыгъуэ куэд къэзыгъэщIа лъэпкъ Iущым шы зехуэкIэ хабзэу зэрихьэм щIэи гъуни иIэкъым. Абы­хэм зы закъуи яхэткъым а Iуэхум бгъэдыхьэр цIыху набдзэгубдзаплъэу, ерыщу, къикIуэт имыщIэу щы­тын зэрыхуейр къыхэмыщу», - жеIэ тхакIуэм. Зауэм къикIыжа Бырс Анзор, Щоджэн ТIэлашэ, абыхэм я ныбжьэгъу щIалэ Къалмыкъ Хьэжмурат сымэ фIы дыдэу щыгъуазэт лъэпкъым къызэринэкIа шы зехуэкIэ Iэмалхэм, ауэ абдеж къыщыувыIэхэртэкъым. Зоотехникэм щIэуэ къыхыхьэ псоми щыгъуа­зэу зэрыщытыным хущIэкъурт ахэр. Ауэ псом нэхъыщхьэращи, абыхэм ящхьэщытт шы гъэхъун IуэхукIэ «дунейр зылъэ­гъуа» нэхъыжьхэу Сыжажэ Къарэрэ Джэдгъэф Пагуэрэ. Адыгэшым теухуа романыфIым хэтыну яхуэфащэщ Киреевым и тхыгъэм щыщ пычыгъуэхэу ­Пагуэ-дадэ табыныр уэлбанэм къызэрыригъэлар, и щIакIуэр анэм къыкIэрыхуа шыщIэ цIыкIум триуб­гъуэу уэм зэрыщихъумар, и нэгум къыщIыхьэж ха-кIуэ ехьэжьахэу Абрэджрэ Алий-Къадымрэ ятеухуа ­гу­къэкIыжхэр зыхэтхэм. Фэеплъ мыкIуэдыжын зы­хуэ­фащэ цIыхухэм я хьэ­тыркIэ, Киреевым и ­тхыгъэ куп­щафIэм и напэкIуэцI зыбжанэ адыгэбзэм къидгъэзэгъащ. Шы зехуэкIэ хабзэхэмрэ тхылъым ит щIэныгъэмрэ зэбгъэуIумэ «Хуэм-хуэмурэ шы­щIэ­хэр ягъэшхэн, шыхэр къащэхун щIадзащ. Къэралыр мылъкукIи шы лъэп­къыфIкIи къадэIэпыкъурт. 1946 гъэм и пэщIэ-дзэм колхоз табыныр шы 211-м нэсырт. ИтIани ар мащIэт колхоз мелуанырыбжэм дежкIэ. Зеикъуэ колхозым зауэм ипэкIэ шы бэлыхьхэр щагъэхъуу щытат. Кавказ къурш­хэм я хъуреягъыр зэпызыупщIа шу зекIуэм хэта Абрэдж хакIуэм дэ­гъуэрэ къарууфIэу щIэблэ узыншэ игъуэтат. Абы хуэдэ дыдэу, шы лъэпкъ къабзэ къызыщIэхъуа адрей хакIуэхэми тэмакъкIыхьу ­якIэ­лъыплъхэрт IэщIагъэлIхэр. Колхоз шыхъуэ­хэмрэ зоотехникхэмрэ мыхъунур къыхадзмэ нэхъы­фIыр къащтэурэ, шы лъэпкъыр зэрырагъэ­фIэ­кIуэным иужь итхэт. Ахэр ерыщу егупсысырт ады­гэ­шыр нэхъ лъагэ икIи нэхъ псын­щIэ ящIа зэрыхъуным. И къалэным сыт щыгъуи хуэпэж колхоз унафэщI Бырсри фIыуэ илъагъу икIи хъарзынэу зыхищIыкI а Iуэхум пэрыхьэжат. Шы къэс зы шыщIэ къыщIагъэхъуэныр зы къалэн, шы­щIэхэм зыри яхэмыщIу къызэфIагъэувэныр етIуа­нэ. ЩIэныгъэр здынэса Iэмал псори шыхэм зэрырахьэлIэнум иужь итынри ещанэ. Зи гугъу тщIы колхозхэтхэм 1948 гъэм зрагъэгъуэта ехъулIэныгъэш­хуэм зы махуи узытеплъэкъукI мыхъун лэжьыгъэшхуэ ипэ къихуат. Шыхъуэ нэхъыжь Къалмыкъ Хьэжмурат хакIуэхэм якIэлъыплъыныр и пщэ ­дилъхьэжат. Сыхьэтыр теу­хуауэ абы шыхэм мэкъу, зэнтхъ, хуэнщIей, сэхуран гуарцэ зоотехникэ щIэныгъэм ткIийуэ къызэригъэувым хуэдэу, яритырт. Ауэ гъуэ­тэрымэ зыщыуа зы удзи, шыхэм емызэгъын къэлэр дэгу тхьэмпэ закъуи, зы ежьужьи шхалъэхэм дэ­хуэн­кIэ Iэмал иIэтэкъым. Куэд зылъэгъуа, ныбжь ­нэхъ зиIэ шыхъуэхэу Сыжажэ Къарэрэ Джэдгъэф Пагуэрэ Хьэжмурат Iуэхум зэрыхуэжаныр ялъагъуху, езыхэми ягу хэхъуэрт, чэнджэщ иратурэ щIалэр ­трагъэгушхуэрт, дэIэпы­къухэрт. Фермэм и унафэщI Щоджэн ТIэлашэ шыхъуэ нэхъыжьым щIэх-щIэхыурэ лъыгъуазэрт, шыщIэхэм, шэщым, шхыным я Iуэху зыIутыр зригъащIэу. Дэтхэнэ зы фIэгъэнапIэ жь­гъейми щIэупщIэрт. - Зыщумыгъэгъупщэ, си къуэш, - жриIэрт абы Хьэжмурат, - шууеифIыр шым екIуу тесыфракъым, ар зы­хуей хуэзыгъэзэфращ. ТIэлашэ шыхъуэ нэхъыжьым щIешхыдэн щхьэу­­сыгъуэ къыхуихуэртэкъым: шыхэр узыншэт, шэщыр - зэлъыIухат, шыхэр - аслъэнхэм ещхьу, нэжэ­гужэт. Хьэжмурат шыхэр къыщыщIишым деж, колхозхэтхэр а шы бэлыхьхэм яIуплъэн папщIэ къекIуэ­талIэхэрт. - Шагъдий дыдэхэщ! Абы­хэм зыгуэр къащIэмыхъуэу къэнэнкъым, - жаIэу зэхэп­хынт. Шыхэр къуажэм пэ­мыжыжьэу, дыгъэ къэракъэм хэту, удзыпцIэхэм, ­къурш сэнтххэм щагъэ­хъурт, жьы щIыIэ къы­зэ­рыщIрамыгъэхунум иужь итхэу. Унащхьэ хуабэ зы­хуащIа гуэщхэм щIахуэжхэрт жэщым. Шей ­удзым ещхьу, мэ дахэ къызыпих мэкъу бэлыхькIэ ягъашхэрт. Шыхъуэхэр я мурадым лъэIэсын папщIэ, щIэб­лэн­шэу зыш къанэ мыхъуну арат. Зэбгъэдэшэгъуэр ба­дзэуэгъуэм и 1-м щегъэжьауэ и 15 хъуху зэфIагъэкIын хуейт. Ар къе­хъулIатэмэ, шыщIэхэр илъэс къакIуэм и мэ­лы­жьыхьым, накъыгъэм, е языныкъуэхэр мэкъуауэ­гъуэм дунейм къытехьэнурэ бжьыхьэ хъуху лъэ быдэкIэ увыну хунэсынухэт. ШыщIэ лъэщхэр бжьыхьэ щIыIэм щIыщышынэжын щыIэнутэкъым итIанэ. ЩIы­­махуэм быдэ цIыкIу ­хъуахэу техьэнухэт. Псом хуэмыдэу 1947 гъэм и ­гъатхэмрэ и гъэмахуэмрэ гугъу зрагъэхьын хуей ­хъуащ. Колхоз унафэщIымрэ шы­хъуэ нэхъыжьымрэ ­ялъэкI къагъэнакъым зоотехникэ щIэныгъэм къигъэув псори нэгъэсауэ ягъэ­зэщIэным хуэунэтIауэ. Бырс Анзор абы и закъуэтэкъым къалэну иIэр, абы иджыри гъавэр хригъэсэн хуейт, фермэхэм якIэ­лъып­лъын, унафэщIым и нэ­гъуэщI къалэн гуэрхэри ихьырт, итIанэми сытым дежи зэман къигъуэтырт шыхэм ялъыгъуэзэну. Гъатхэпэм и кIэм къыхэжа удзыщIэм сытым хуэдэу хуэнэпсейуэ зрадзрэ шы­хэм. Ар ещхькъым, дауи, щIымахуэм яшха мэкъу ­гъущэм. Ауэ абы зы шынагъуэ щыIэщ. Гъатхэ удз IэфIым хуэмурэщ шыхэр егъэ­сэн зэрыхуейр. Уна­фэщIыр мыбдежми щы­Iэщ. Пщэдджыжьым мэкъу иратыну хунэсауэ пIэрэ? Хьэуэ, Хьэжмурат зэи плъы­рын щигъэтыркъым. Хуэм-хуэмурэ гъатхэпэр къоблагъэ, бгыщхьэхэр кIуэ пэтми нэхъ щхъуантIэ ­мэхъу, ЕкIэпцIэкъуэ хъупIэхэм жьы IэфI, жьы ­хуабэ къреху. Абы нэхърэ нэхъыщхьэжу Мэзыхьэ, Домбей, нэхъ жыжьэжу Ташлы-Сырт бгыщхьэм и хъупIэ хуитхэр... Бгъэш­хуэхэм, псыкъелъэ уэрхэм, къурш задэхэм я щIыпIэ, шыхъуэхэмрэ мэлыхъуэхэмрэ я дуней. Мис, шыхэр Iэщ дохутырхэм зэпап­лъыхьри, гуартэ-гуартэурэ ягуэшащ. Бгыщхьэм зыр адрейм иужь иту бжэгъухэр, ­набжэхэр, хьэжыгъэрэ шы­­гъурэ зэрылъ гу зэщIэщIахэр ­драшей. Шыхъуэхэм я ужьым шыхэм я хъумакIуэ пэжхэр - хьэ бэлацэшхуэхэр итщ. - Гъуэгу махуэ, шыщIэ куэд къытхуэфшэжи фыкъэ­кIуэж, - ирагъажьэрт къуажэдэсхэм шыхъуэхэр. Арати, щIедзэ гузэ­вэнымрэ пIейтеинымкIэ гъэнщIа махуэмрэ жэщ­хэмрэ. ШыщIэхэр ябж… Адыгэшыр шы гъэфIакъым, ар есащ бгылъэ щIыпIэ пхъашэхэм. Ауэ абы къикIыркъым мыхьэнэ зиIэ апхуэдэ зэманым ар гулъытэншэу къэбгъанэ ­хъу­ну. Хьэжмуратрэ и ныбжьэгъухэмрэ фIыуэ ящIэрт ар. Дунейм къы­техьагъащIэ шыщIэ цIы­кIури куэдым щыхъумэн ­хуейщ: хакIуэ къэгубжьам и лъакъуэ къытехуэнкIи ­хъунущ, дыгъужь нэщIар къещэкIуэни тIэу еплъынукъым. Уэс зыхэт уэшх щIы­Iэхэри щыс­хьыркъым шы­щIэ къалъ­хуа­гъащIэхэм. Шы­хъуэр сы­тым дежи сакъыу щытын хуейщ. ЩIэгузэва псори хъар­зынэу зэфIэкIащ. ШыщIэ къызыщIэмыхъуа зы шыбз къэнакъым. Иджы ахэр фIыуэ хъумэн хуейщ. Шыхъуэ нэхъыжьхэмрэ абы и дэIэпыкъуэгъухэмрэ сытми хэзыщIыкI шыхъуэ да­дэхэр я чэнджэщэгъущ. Абы­хэм бгыщхьэ хъупIэр IыхьиплI иращIыкIырти, чэзууэрэ къагъэ­сэ­бэпырт, шахмат губгъуэм итым ещхьу, гуартэхэр щыхъуа­кIуэ губгъуэ плIанэр мазэ къэс яхъуэжурэ… ЛIыгъэ зехьэгъуэ Нэху зэрыщрэ, Iудэ зыIут тепхъуэ телъ фIэкIа умыщIэну, Iэнэ хъурейм ещхь Къэнжалышхуэ и нэщхъыр зэхихыртэкъым. Пагуи нэщхъейт: бгыхэм мурадыфI зэрамыIэр IупщIт. ГъащIэм и кIыхьа­гъкIэ игъэунэхуат абы уафэм и гурей-гурыфIхэр. Мэлыхъуэхэр зи гъусэ мэл гуартэ псохэр, выжьхэр, шыхэр, унэ хуэдиз мывэхэр зэрагъэдзэкIыурэ езы­лъэ­сэха уэлбанэхэр и нэгу щIэкIат абы. Зэкъым-тIэукъым Пагуэ-дадэ къыщы­хуихуар техьэгъуэ зытехьа табыным иужь иту къи­жыхьын, егъэзыхыпIэ за­дэ­хэм, щыхупIэ кIыфIхэм ящ­хьэщимыгъэхьэн папщIэ. Аркъэныр мэфийри - лъэбакъуитI ичыжмэ, бгым щыхуну щыта хакIуэр мэджалэ… Пагуэ-дадэ къыпхуэгъэп­цIэнукъым: абы гу лъитакIэщ пшэхэм я кIуэкIэм, абыхэм я кIуапIэри фIыуэ ещIэ, борэным и пэкIэ зэ­ры­защIми есэжащ, бэлэрыгъыркъым. Дунейм зи­хъуэжыху, ари нэхъ сакъ мэхъу. Ауэ шыхъуэ Iэзэхэми я щхьэ щыщIахьэ къа­хуохуэ. Зымахуэ дыдэщ Бахъсэн районым и «Те­кIуэныгъэ» колхозым щыщ Мэшыкъуэ Хьэмталий ­къуэ лъэгум зытриIубэу щы­гъуэгар, лъыкъуалэм хэлъ шыбзыр игъейуэ. Борэным и жьы щIыIэмылым табы­ным кърищIэнур уи нэгу къыпхущIэгъэхьэнукъым. Хьэмэрэ Куба Ипщэм щыщ колхозым ей Алий-Къадым хакIуэ цIэрыIуэм и хъыбарыр-щэ? Пагуэ и щIыфэр иджыри мэтхытх, ар зэрыкIуэдыкIар и нэгу къыщыщIигъэхьэкIэ. Хъу­пIэм Алий-Къадым зымы­цIыху зы шыхъуэ щыIэтэкъым. Мэзкуу шыгъэжапIэм къыщагъэжэху, япэ зыгуэр къыщища къэхъуа­къым. Колхозым нобэхэми щахъумэ Алий-Къадым щыхьэрым къыщихьа уанэ лъапIищыр. Колхоз шы­хъуэхэр иригушхуэрт абы, яхъумэрт, ягъафIэрт. Иджы мывэ къырхэр зэтрагъэсу фэеплъ хуа­гъэувыну загъэхьэзыр. Уэс гъуэжь­куий къэхъеятти, табыныр ихъумэурэ, Алий-Къадым щыхупIэм дэхуауэ щытащ... Пагуэ-дадэ гузавэурэ ­гуартэхэм якIэлъоплъ, бгыщ­хьэм адэ-модэкIэ щилъагъу, пшагъуэм ныкъуэ­щIэхъумэ ищIа сэнтх удзы­фэ­хэр, хъупIэ зэ­мы­фэ­гъухэр зэпеплъыхь. Дунейр къызэIыхьэмэ, табыным зричынкIи хъунущ, я хакIуэ - пашэхэм зытет щIыр ямылъагъужу. ЩIэпхъуэр зыгуэрт, гу лъамытэу щы­хупIэм зрамыдзыхыжтэмэ. ХъупIэм и бжьиз къэс ецIыху Пагуэ. Колхоз уна­фэщI Бырсри, шыхъуэ пашэ Хьэжмурати, фермэм и унафэщI ТIэлаши жаIэр зыщ - зыгуэркIэ дунейр къы­зэIыхьэмэ, гуартэхэр мыбдежым щыпхузэтеIыгъэнущ. Пагуи аращ зэ­регупсысыр. Ауэ щыху­пIэхэм бгъэдэмыхьэн щхьэ­кIэ, япэ итын хуейщ. Ар нэщхъейуэ йоплъ пшэхэм щIауфа бгыхэм. Езым и ­гуартэр япэ итщ. Гузэвэн хуэмейуэ пIэрэ-тIэ? Хьэуэ, мис, уафэр мэгъуагъуэ. Хьэжмурат къыIухьащ: «Зэхэпхрэ, Пагуэ?» Дауэ зэхимыхынрэ? Пшэ фIыцIэ щхъуафэм къурш задэхэр зыр адрейм и ужьым иту иригъэлъэтэх фIэкIа пщIэнкъым. Уафэгъуагъуэр зэрызэхахыу, ­удзыщхьэхэр къыфIэхуащ, шы сокухэр зэщIэубэлэ-цащ. Зэрыгуартэу а пшэ фIы­цIэм ещхь хъуащ, «Сыт мыбы и мурадыр?» жыуигъэIэу. - ЗыIыгъ, Пагуэ, - жиIэри, Хьэжмурат адрей гуартэхэмкIэ зричащ. Пагуэ мыпIащIэу и щхьэм щхьэрыхъуэныр фIи­шыхьщ, блэм ещхь и аркъэн гъуатIафэм еп­лъыжщ, шы ныбэпхым еIу­сэж­ри уанэм зридзащ. Асыхьэтым уанэм «дэ хужьышхуэ» къытехуэри дэ­лъеящ. Уэ! ЕтIуанэр шы тхьэкIумитIым я зэхуакум дэхуащ. Шым и щхьэр егъэ­кIэрахъуэ. Гуартэр ежьа­кIэщ. Иджыпсту и акъылым имытыжу зричынущ, уэр къызэрытелъалъэм хуэдэу. Пагуэ и шыр ириху­жьащ абыхэм ятежын пап­щIэ, арщхьэкIэ зылъэщIагъэхьэркъым. И щIакIуэмкIэ шыщхьэм зэ­ры­­жьэхэуэр илъагъуу, Пагуэ гукIэ зыхищIэрт шыхэм гъуэгу къамылъыхъуэжу, сакъыни ща­гъэтауэ зыщрачыну гужьеигъуэр къызэрыблагъэр. Шыхъуэ дадэхэм зы хабзэ зызымыхъуэж яIэщ: уафэм мывэ уэшх къещэщэха папщIэ, гуартэм зы лъэбакъуэкIэ убгъэдэкI хъунукъым. Ар адэжьхэм я уэсятщ…» Лъэпкъым ишэча лъэпощхьэпо псори дэзыгуэ-ша адыгэшым и пщIэр ­хэкум и гъунапкъэм жы­жьэу щхьэдэIухауэ хамэ къэралхэр егъэбжьы­фIэ. Абы хуэфэщэн пщIэ игъуэ­тыжын, и шыгъэр адэкIи ефIэкIуэн папщIэ, апхуэдиз лIыгъэ зезыхьахэм я щIэб­лэращ псори нобэ зыщы­гугъыр. Бырс Анзор Щоджэн ТIэлашэ Къалмыкъ Хьэжмурат ЧЭРИМ Марианнэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "507.txt" }
Си гъащIэр схьащ лъэпкъым щхьэкIэ сыхъуапсэу ЖысIэнур, гъащIэ, жызмыIа, УифI жысIэу тIэкIу сыгъэгушыIэ… Хь. Дж. Урысей Федерацэм, Адыгэ Республикэм гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхубэ артист, УФ-м и Композиторхэм я зэгухьэныгъэм Шостакович Дмитрий и цIэр зэрихьэу ит саугъэтым и лауреат, КъБР-м и Къэрал саугъэтыр зы­хуагъэфэща ХьэIупэ ДжэбрэIил лъэпкъыр зэрыгушхуэщ, лъэпкъыр зыгъэгушхуэщ. Ар и ехъулIэныгъэхэм хуэкIуэн папщIэ и лъым хэлъ талантыр щIэныгъэмкIэ щIи­гъэбыдащ. - Советхэм я тетыгъуэм цIыхум дежкIэ нэхъыщхьэу ябжу щытар щIэныгъэрщ. Ар зимыIэм и Iуэхур Iэнкунщ. ЩIэныгъэ зиIэ цIыхур щIэныгъэншэм епшалIэ хъунукъым. ЩIэмыхъунури? Я дунейхэр зэшэлIэгъуейщи. «Многие мои стихи произошли от тоски», - жиIащ Пушкиным. Ар сэ фIыуэ къызгуроIуэ. Зэш гуэр къып­тоуэ: е хьэ зэрапIытIара, е лъаIуэу уэрамым тет фызыжьра, е зи нэм имылъагъуу башкIэ Iэбэрабэу уэрамым тетра, е мы уэсыр щыткIужра? СщIэркъым сэ зэшыр къызыхэкIынкIэ хъунур, ауэ ар зыхэзымыщIэ цIыхум «творчество» жыхуэтIэм и купщIэр къищIэнукъым. Тютчевыр щышынэу щытащ зэгупсысыр тхы­лъымпIэм тритхэну. Уи гупсысэр тхылъымпIэм тептхэну ущы­хуе­жьэ­кIэ, и кIапэлъапэр пфIэ­кIуэдурэ гуп­сысэр щыпIэщIэкI ­къохъу, - щыжеIэ ДжэбрэIил 2012 гъэм Ширдий Маринэ абы дищIа интервьюм. Музыкэм хэзыщIыкIхэм фIыуэ къагуроIуэ ХьэIупэ ДжэбрэIил и зэ­фIэ­кIыр зыхуэдэр. Совет композитор Баласанян Сергей итхауэ щытащ ХьэIупэм щхьэкIэ: «Сыт а композиторым узэрызыIэпишэр? Лъэпкъ уэрэдым хуиIэ лъагъуныгъэмкIэ, езым ар зэрызыхищIэмкIэ, и лъэпкъ щэнхабзэм хуабжу фIы­уэ зэрыщыгъуазэмкIэ…» Псэ къабзэу, и гур цIыхухэм яхузэIухауэ зэрыщытыр къыщежьар и са­биигъуэ гугъур арагъэнщ. А гугъу­е­хьыр армырауэ пIэрэ ДжэбрэIил зыпсыхьар? Ерыщу зыхуейм зэрыхущIэкъуар, къызыхуигъэщIар ищIэжу езым и гъуэгур къызэрыхихар, лэ­жьыгъэр фIыуэ илъагъуу, цIыху пэжу, гу хьэлэл иIэу дунейм зэрытетыр… ДжэбрэIил и адыгэбзэмрэ и псэм и къулеигъэмрэ ар зыцIыху псори щыгъуазэщ. АбыкIэ фIыщIэ зыхуэщIыпхъэр абы и анэ, цIыхубэ усакIуэ цIэ­рыIуэ ПащIэ Бэчмырзэ ипхъу Ло­къанщ. Абы щIалэ цIыкIум и гум къыщигъэушыфащ лъэпкъ гъуазджэм ехьэлIа лъагъуныгъэр. ДжэбрэIил и сабиигъуэм къыщы­щIэдзауэ Локъан къиIуэтэжу зэхихащ и адэшхуэм и уэрэдхэр, хъыба­рыжь­хэр, таурыхъ­хэр, аращ, шэч хэмылъу, IуэрыIуатэм пасэу дезыгъэхьэхари. 1959 гъэм ар щIэтIысхьащ Налшык дэт Музыкэ училищэм и дирижёр-хор къудамэм. Ещанэ курсым щеджэу абы уэрэд итхын щIидзащ. 1962 гъэм дунейм къытехьащ Тхьэгъэзит Зубер и псалъэхэр зыщIэлъ «Си гъатхэ» уэрэдыр. Ар занщIэу цIэрыIуэ хъуащ. Училищэм щIэсыху ДжэбрэIил уэрэдипщIым щIигъу итхати, псори цIыхухэм япхъуэтащ, радиокIэ къату, концертхэм щыжаIэу хуежьащ. Зэгуэрым ХьэIупэм жиIауэ щытащ сытым дежи ныбжьэгъу пэжхэмрэ егъэджакIуэ нэсхэмрэ и насып зэрыхэлъар. Аращ и ехъулIэныгъэ нэхъ ин дыдэуи къилъытэр. Музыкэ училищэм щыщеджэм, абы и уна­фэщI Хьэсанэ Мусэ, иужькIэ илъэс куэдкIэ Композиторхэм я союзым и правленэм зыщыдэлэжьа композитор цIэрыIуэ Къардэн Хьэсэн сымэ нэхъыжьыфIу къыщхьэщытауэ жы­пIэ хъунущ. Адэ лъагъуныгъэр къы­хуаIэу яущийрт, и лэжьыгъэм трагъэгушхуэрт. - «Си университетыр», - жеIэ Хьэ­Iупэм, - музыкант цIэрыIуэ Клюзнер Борис сыщыдэгъуэгурыкIуа илъэс­хэрщ. Сызыщымыгъуэза куэд музы­кэм ехьэлIауэ къызэрысщIар аращ зи фIыгъэр… Шаверзашвилирэ ­Клюзнеррэ си дамитIщ, нобэр къыздэсым сызэрыпсэури абыхэм къысхалъхьа къарурщ. Езы Клюзнер ДжэбрэIил жриIэрт: «ХьэIупэ, уэ псэ хьэлэл уиIэщ, уи псэм усыгъэр щоушэ, къэ­нэжыр - улэжьэнырщ». Тбилиси консерваторэр къыщиухщ,­ Налшык къигъэзэжри, ДжэбрэIил Музыкэ училищэм щригъаджэу щIидзащ. Зыр адрейм кIэлъыкIуэу и къалэмыпэм къыщIокI инструментальнэ, симфоние макъамэхэр. 1970 гъэм ХьэIупэ ДжэбрэIил СССР-м и Композиторхэм я зэгухьэныгъэм хагъэхьащ. А илъэс дыдэм дунейм къытехьащ и егъэджакIуэ Клюзнер Борис хуитха «Сказ­ка седых гор» симфониер. 1975 гъэм Урысейм и Компози­торхэм я зэгухьэныгъэм и зэIущIэ екIуэ­кIам хиубыдэу ар щагъэзэщIат Чайковскэм и цIэр зезыхьэ концерт тыпIэм. «Апхуэдэ макъамэр европей концерт тыпIэхэм я нэхъ цIэрыIуэхэм симфоническэ оркестр нэхъыфI дыдэхэм щагъэзащIэ хъунущ», - жиIэгъат композитор Щедрин Родион. ЖыпIэнурамэ, 70 гъэхэр композиторым лэжьыгъэшхуэхэр къыще­хъулIа зэманщ. Абыхэм ящыщщ «Адыгская увертюра», «Молодежная увертюра», «Торжественная увертюра» IэдакъэщIэкIхэр, «Сказание о нартах» симфоние-поэмэр, 1975 гъэм Межелайтис Эдуард и псалъэхэр щIэлъу итха симфоние №2-р. 1980 гъэхэм итхахэм наIуэ къащIащ лъэпкъ музыкэм симфониемкIэ зэфIэкIышхуэ зиIэ композитор иIэ зэрыхъуар. Абы етх лэжьыгъэш­хуэхэр: оркестрым скрипкэр и гъусэу игъэзэщIэну япэ концертыр, адыгэ пшынэм папщIэ классикэ жыпхъэм ит япэ лэжьыгъэр, пшынэм хуитха сонатэр, пшынауэ Iэзэ Кхъуэжь Мадинэ концертхэм гъэщIэгъуэныщэу щигъэзащIэр… ХьэIупэ ДжэбрэIил куэд щIащ утыкушхуэм зэрихьэрэ, урысейпсо ма­къамэ щэнхабзэм увыпIэшхуэ зэрыщиубыдрэ. Абы и талантымкIэ къигъэщIа псори адыгэм и щэнхабзэ гъэтIылъыгъэхэм ящыщ хъуагъэх­хэщ. ДжэбрэIил и гъащIэр къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ усакIуэ, уэрэджыIакIуэ, музыкант цIэрыIуэхэу Тхьэгъэзит ­Зубер, Бицу Анатолэ, АфIэунэ ­Лиуан, Бещтокъуэ Хьэбас, Къэшэж Иннэ, Тут Заур, Бэгъуэтыж Светланэ, Гъэсашэ Наталье, Уэтэр Анатолэ, ПащIэ Ахьмэд, Шэрджэс Iэсият, ­Кхъуэжь Мадинэ, ГъукIэ Мадинэ, ­Тепловэ Верэ, Бэрсокъуэ Еленэ, Анисимов Евгений, Нестеренкэ Ольгэ сымэ. Лектор-музыкэдж ХьэIупэ Джэб­рэIил илъэс куэд хъуауэ сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ папщIэ лекцэ-­концертхэр Къэрал киноконцерт гъэлъэгъуапIэм щрегъэкIуэкI, Къэ­бэр­дей-Балъкъэр къэрал филармонием и симфоние оркестрым и гъу­сэу. Республикэм и школхэмрэ сабий садхэмрэ я гуапэу щIэх-щIэхыурэ ирагъэблагъэ, и псалъэ щIэблэм зэх­рагъэхын папщIэ. Апхуэдэ лэжьыгъэр псыхэкIуадэ хъуакъым, Джэб­рэIил музыкэм хуригъэджам я бжыгъэм тепщIыхьмэ. - СызэрыегъэджакIуэм нэхъ тез­гъащIэу жысIэмэ, насыпышхуэу къызолъытэ си гъэсэн Къэбэрдокъуэ ­Мурат жыжьэ нэсыфын композитор зэрыхъуар. Шэч къытесхьэркъым, IэщIагъэ хуэхъуамкIэ лъэпкъыр зыгъэгушхуэн цIыху абы къызэрыхэкIынум, - жеIэ ДжэбрэIил. Ацкъан Руслан ДжэбрэIил зы­щытхъу усакIуэ закъуэтIакъуэм ящыщщ. Езы Руслани ар зыхилъхьэ щыIэкъым. «ДжэбрэIил и талантым хуэфэщэжу дунейм тетщ, абы кIэ­рымыпщIэн лъэпкъ кIэримыгъапщIэу. И псэм ещхьу, и макъамэри къабзэщ. Дэ гъащIэ къызэдэт­кIуащ, ди зэхуэдэ ныбжьэгъуфIхэри ди ­гъусэу. Ди гъащIэм хэтащ ­гуфIэгъуэ махуэ куэди, ди гур хэзыгъэщIа Iэджи. ДыщигуфIэгъуэм - дызэдэгуфIащ, гуауэ щыдиIэм, ари зэдэдгуэшащ. Аращ ныбжьэгъу- гъэ жыхуа­Iэжыр. «Ныбжьэгъугъэ нэсыр гъэ­щIэ­гъуэныщэщ: абы гуфIэгъуэр тIукIэ егъэбагъуэ, гуауэр тIу ирещIыкI», - жиIащ цIыхушхуэ гуэрым. А псалъэхэр си фIэщ зыщIахэм ящыщщ си ныбжьэгъу пэж ХьэIупэ ДжэбрэIил», - жеIэ Ацкъан Руслан. Музыкэм и мызакъуэу, литературэмкIи, сурэт гъуазджэмкIи, лъэпкъ­хэм я тхыдэмкIи, IуэрыIуатэмкIи щIэныгъэшхуэ зыбгъэдэлъ Хьэ­Iупэм жиIэрейщ: «Срогушхуэ сызэ­рыадыгэм. Сэ адыгэм и фIыпIэ слъэгъуащ. Сэ сропагэ сызэрыадыгэм, ауэ зыми сепэгэкIыркъым». Узыншагъэ уиIэну, ди нэхъыжьыфI! Щомахуэ Залинэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "508.txt" }
Анэдэлъхубзэрщ зэрыгупсысэр Быным адэ-анэм хуаIэ гурыщIэхэр къа­Iуэтэну адыгэ хабзэм къызэремызэгъым къыхэкIыу, сэри си адэм сытепсэлъыхьыну мащIэу соукIытэ. Шэч хэмылъу, сэ срогушхуэ ХьэIупэ лъэпкъым сызэрыщыщым, а гушхуэныгъэри нэхъыбэу зи фIыщIэр си адэращ. Апхуэдэу щыхъукIи, сэ фIыуэ къызгуроIуэ ар ди унагъуэм, ХьэIупэ лIакъуэм я мызакъуэу, адыгэ лъэпкъым ейуэ зэрыщытыр. Си адэм и гъащIэри и гуащIэри и лъэпкъращ зыт­риухуар, абы и щэнхабзэм хуэлэжьащ, нобэми хуолажьэ. Си жагъуэ зэрыхъунщи, сэ си адэм хуэдэу адыгэбзэ къабзэ, пасэрей адыгэбзэжь сIурылъкъым, ар зэрыгуп­сысэри зэрыпсэури и анэдэлъхубзэрщ, псэущхьэхэм нэгъунэ адыгэбзэщ зэрепсалъэр. Псом хуэмыдэу сабийхэр фIыуэ елъагъу си адэм, гулъытэ хуимыщIу зыри блэкIынукъым, арагъэнщ абы цIыкIухэм папщIэ уэрэд тхылъитI щIыхуэтхари. Езым и сабиигъуэм, ди адэшхуэм, гъащIэм теухуауэ жиIэж хъыбархэм зэманыр зэрыкIуэр къыумыщIэу уедэIуэфынущ, зым хуэдэжкъым абы хэкум, лъэпкъым теухуа и усэхэр. Узыншагъэ и бэу, гукъыдэжрэ дэрэжэ­гъуэрэ щымыщIэу фIыуэ илъагъу и лъэп­къым иджыри илъэс куэдкIэ хуэлэжьэну Тхьэм жиIэ! Адыгэ композиторхэр (ижьымкIэ къыщыщIэдзауэ): ХьэIупэ ДжэбрэIил, Темыркъан Борис, Молэ Владимир, ХьэхъупащIэ Хьэжбэчыр, Къардэн Хьэсэн, Къэзан Аслъэнджэрий. 1996 гъэ ХьэIупэ Анзор, композитор
{ "source": "apkbr.ru", "id": "509.txt" }
Абы и уэрэдхэр тхыдэщ, бзэщ, хабзэщ Куэд щIауэ соцIыху Зырамыку. ДыкъакIуэмэ, дызэ­хуозэ. Ди насып къихьри, Иорданым нэкIуати, абыи дыщызэбгъэдэсащ, и гушыIэрэ уэрэдрэ жедгъэIэу. Сешамэ е гукъеуэ гуэр сиIэмэ, Зырамыку и уэрэдхэм содаIуэ, лъэпкъым и тхыдэр, и гъащIэр си нэгум щIэкIым хуэдэу. Мыбы сыкъэкIуэжауэ сыщыщыIэм и деж, ма­хуитI-щы нэхъыбэ дэзмыгъэкIыу, сокIуэри сыбгъэдос. Iыхьшыхьу ущIыхьамэ, къэщIэлэжауэ, и макъри ­жьгъыру къэхъужауэ, сэри си псэм зигъэпсэхуауэ сыкъыщIокIыж. ЗЫРАМЫКУ лъэпкъым хуищIам и мыхьэнэр къэIуэтэ­гъуейщ. Абы и фIыщIэкIэ куэд хъума хъуащ лъэпкъым и фIыгъуэу, фэ къытезыгъауэу. Зырамыку уэрэду зэхуихьэсыжам зэманрэ лэжьыгъэшхуэрэ зэрепхар гурыIуэ­гъуэщ. Хъыбарыжь, уэрэдыжь къыбжезыIэжын къэ­гъуэтын, ар къэбгъэпсэлъэфын, птхын, а псор теп­тхыкIыжын хуейщ. Апхуэдэу уэрэд 200 - 300 уелэжьын жыхуэпIэр Iуэху тынш? Абы щыгъуэм щыIа Совет властым и къалэну къилъытэрт IуэрыIуатэр зэхуэхьэсынри, щIэныгъэлI гуп зэригъэуIуурэ игъэлажьэрт. Хуабэти, щIыIэти, ди унэжьти ­жамыIэу лэжьахэр мыхъуамэ, ар къэзыIуэтэжа лIыжьхэм, фызыжьхэм IуэрыIуатэр здахьыжынут. Си щхьэ Iуэху, си унагъуэ Iуэху жимыIэу, абы зэрытелэжьам щхьэ-кIэ фIыщIэшхуэ хузощI Зырамыку. Сэ щIэх-щIэхыурэ Зырамыку телефонкIэ сепсалъэрти, гу лъыстат и уэрэдхэм зэрытегузэвыхьым, ахэр зытет плёнкэхэр зэманкIэ кIуэдыжыну, зэпыщэщыну жаIэу зэхызохри согузавэ къыщызжиIэм, сфIэемыкIуащ а гупсысэр абы щхьэщызмыхыну. Зырамыку ищIа лэжьыгъэм, абы къарууэ тригъэкIуэдам елъытауэ сытым щыщт а уэрэдхэр лазер дискым требгъэтхэным ихьынур. Арати, дискым техуэр трезгъатхэри, езыми Зырамыку и уэрэдхэр фIыуэ зылъагъу си ныбжьэгъухэми яхуэзгуэшащ. Сэ ар мылъку къызыхэпхын, сату зэрыпщI хъун Iуэхум схунэгъэсакъым, абы елэжь фирмэ тэмэмым ахъшэшхуэ ептын хуейти. Ауэ а трезгъэтха тIэкIури си дежкIэ лъапIэщ, сыту жыпIэмэ Зырамыку и уэрэдхэр, иджыри зэ къытызогъэзэжри, икIи тхыдэщ, икIи бзэщ, хабзэщ, цIыху къызэрыгуэкIхэр, пщыхэр зэрызэхущыту щытар, лъагъуныгъэр, нэгъуэщI Iуэхухэри къытхуэзыIуатэщ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, ар лъэпкъ щIэн­гъуазэ хуэдэу мэхъу. Адыгэм, ди насыпти, Зырамыку, макъ дахэкIэ уэрэд жиIэ къудей мыхъуу, лъэпкъ тхыдэм, щэнхабзэм теухуа щIэныгъи бгъэдэлът. А псори зы цIыхум и деж щызэхуэхьэсауэ куэдрэ къэхъуркъым. Куэдрэ согупсыс лъэпкъым зыгуэр хуэзыщIэф цIыхухэр Iэтын, гъэлъэпIэн, зыхуей хуэгъэзэн зэрыхуейм. Ар щIэблэм дежкIэ щапхъэ хъунущ. «Зырамыку ищIатэкъэ хузэфIэкI, хэт ар къызыфIэIуэхуар?» - жаIэу я щхьэ Iуэхум, я унагъуэ Iуэхум нэхъ зратынкIэ хъунущ лъэпкъым зэрыщхьэпэн щIэныгъэрэ IэщIагъэ тэмэмрэ зиIэу щIалэгъуалэм яхэтым. Илъэс 80 - 90-кIэ узэIэбэкIыжмэ, тхауэ зыри диIэтэкъым. Иджы тхылъкIи, театркIи, университеткIи нэгъуэщI ­лъэп­къ­хэм дакъызэрыкIэрыху щыIэжкъым. Хэкум никIыу хьэщIэ нэкIуахэм щIэныгъэлI, тхакIуэ, усакIуэ яхэтмэ, сригушхуэрт, дэри зы лъэпкъыу дызэрыщыщыр, ди щIыбагъ тхыдэшхуэ, хабзэ, щэнхабзэ къызэрыдэтыр дызыхэсхэм ягурыдгъэIуэну Iэмал дгъуэтырти. - «Зырамыку и уэрэдхэм псори едаIуэрэ?» - жиIэри, зыгуэр къызэупщIат. Абы жэуапу естыжаращ: Шекспир и тхылъхэм псори еджэрэ, Гёте псоми яцIыхурэ, Чайковскэм псори едаIуэрэ? Ахэр щIыщыIэр щIэныгъэ зиIэ, зи псэкIэ, зи щэнхабзэкIэ абы хуэхьэзыр цIыхухэращ. Нобэ щыIэ уэрэд цIыкIухэм ущедаIуэкIэ, зыри уигу ­къинэжыркъым. Зырамыку и уэрэдхэм уагъэпIейтей, тхыдэм, ди адэжьхэм я гъащIэм ухешэ. Зырамыку сыбгъэдэсащэрэт жысIэу си гуапэу сыщIохьэри, «Уэлэхьи, сыхьэлъэм, сысымаджэм», - жиIэу сыкIуами, тIэкIу-тIэ­кIуурэ згъэгушыIэурэ, дыздэуэршэрурэ, гукъыдэж иIэ мэхъуж. Зырамыку и щхьэгъусэ Жанпагуи хуабжьу къыдолIалIэ, ерыскъы IэфI зэрыдигъэшхынум яужь иту. КIэщIу жыпIэнумэ, гуапэщ а унагъуэр, иджыри сыкъэкIуащэрэт жыпIэу укъыщIокIыж. Сурэтым: Зырамыкурэ абы и щхьэгъусэ Жанпагуэрэ. 1955 гъэ АМЩЫКЪУЭ Хьэшим. Иордание. 2003 гъэ
{ "source": "apkbr.ru", "id": "51.txt" }
Сабийхэм я махуэшхуэр екIуу къызэрагъэпэщащ Бахъсэн къалэм щагъэхьэзыра гуфIэгъуэ Iуэхухэр псом япэу щызэхаублащ ЩэнхабзэмкIэ унэм къедза утыкум. Къалэдэс нэхъыщIэ дыдэхэм папщIэ абдеж аттракционхэр щагъэуващ, IэфIыкIэхэр зытелъ Iэнэхэр къыщызэрагъэпэщащ. ЦIыкIухэм папщIэ концерт гъэщэгъуэн ягъэлъэгъуащ Бэч Азэмэт, КъуэщIысокъуэ Роксанэ, Джэрыджэ Мурат, нэгъуэщIхэми. Апхуэдэу спортыр фIыуэ зылъагъухэм папщIэ зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэхэр къызэIуахащ. Къалэм и спорт школым щекIуэкIащ алыдж-урым бэнэкIэмкIэ республикэ зэхьэзэхуэ. А махуэм Бахъсэн къалэм щыIащ КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министр ЩоджэнцIыкIу Лиуан. Ар къызэхуэсахэм гуапэу ехъуэхъуащ икIи Бахъсэн къалэм сабий творчествэмкIэ и центрым иджырей телевизор дэгъуэ тыгъэ хуищIащ. ГуфIэгъуэ Iуэхухэр къызэгъэпэщыным егугъуащ къалэ администрацэр, еджапIэхэмрэ сабий садхэмрэ я лэжьакIуэхэр. Махуэ псом дэнэ щIыпIи шынагъуэншагъэ щыIэным кIэлъыплъащ къалэ полицэм и лэжьакIуэхэр. Балъкъыз Аминэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "510.txt" }
АкъылыфIэхэм я XIX зэхыхьэ Хабзэ хъуауэ, Бахъсэн щIыналъэм щIэныгъэмкIэ и управленэм гъэ еджэгъуэм и кIэм деж къепщытэж зэфIагъэкIахэр. Мы гъэми абы папщIэ къызэрагъэпэща «АкъылыфIэхэм я XIX зэхыхьэр» Куба къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм щекIуэкIащ. Махуэшхуэм кърагъэблэгъат урысей псом, республикэм, щIыналъэм щекIуэкIа зэпеуэхэм, олимпиадэхэм, щIэныгъэ-къэхутэныгъэ конференцхэм, спорт зэхьэзэхуэхэм щытекIуа, къыщыхэжаныкIа еджакIуэхэр. ХьэщIэу къеблэгъахэт Бахъсэн муниципальнэ щIыналъэм и Iэтащхьэм и япэ къуэдзэ Къэзан Заур, щIыпIэ самоуправленэм и советымдепутат Абазокъуэ Хьэутий, Бахъсэн районым щIэныгъэмкIэ управленэм и унафэщI Абрэдж Тамарэ, Бахъсэн щIыналъэм и хэхакIуэ комиссэм и унафэщI Бештокъуэ Хьэмибди, щIыпIэм щыIэ щIэныгъэм и лэжьакIуэхэм я щIыналъэ профсоюз комитетым и унафэщI Молэ Хьэсен, администрацэм спортымрэ щIалэгъуалэм ядэлэжьэнымкIэ и къудамэм и унафэщI Гъут Резуан, «Баксанский вестник» газетым и редактор нэхъыщхьэ Доткъул Сэфарбий сымэ. ЗэIущIэр къыщызэIуахым япэу псалъэ зрата Къэзан Заур пэшым щIэсхэм ехъуэхъуа нэужь жиIащ: «Зэхьэзэхуэм, текIуэныгъэм я IэфIхэр зыхэзыщIа, емызэш фэ фхуэдэ сабий зэчиифIэхэр диIэу ди щIыналъэми, республикэми ди къэкIуэнум щхьэкIэ дыщIэгузэвэн щымыIэу къызолъытэ. Дэ куэдкIэ дыфщогугъ!». Къызэхуэсахэм псалъэ дахэхэмкIэ захуэзыгъэза Абрэдж Тамарэ жиIащ: «ФыщIалэщ, фи къару илъыгъуэщ, фыхъуэпсэгъуэщ! ЕхъулIэныгъэщIэхэм фыщытегушхуэ хъуну зэман дахэм фыхопсэукIри, гугъуехьым фыщымышынэу, лъагэу зыфIэту, къару зытевгъэкIуадэ Iуэхухэм пщIэ къыпэкIуэу фыпсэуну, адэкIи фи адэ-анэхэр, фи егъэджакIуэхэр вгъэгуфIэну, вгъэгушхуэну сынывохъуэхъу!» Хабзэ зэрыхъуауэ, «Олимпиадэ», «Зэпеуэ», «ЩIэныгъэ-къэхутэныгъэ конференц», «Спорт» унэтIыныгъэхэмкIэ ехъулIэныгъэ нэхъыбэ зыIэрызыгъэхьа курыт еджапIэ нэхъыфIхэр къыхагъэщащ. школ унафэщIхэр утыкум ирашэурэ гъэ еджэгъуэм къриубыдэу я еджакIуэхэм къахьа фIыщIэ, щытхъу тхылъхэр иратыжащ. Апхуэдэу «2019 гъэм пашэ хъуа еджапIэ» цIэр лъапIэр хуагъэфэщащ ХьэтIохъущыкъуей дэт 3-нэ курыт еджапIэм. А унэтIыныгъэмкIэ япэ увыпIэр кьихьащ Къубэ-Тэбэ дэт 1-нэ курыт школым. ЕтIуанэ увыпIэр иратащ Кыщпэк къуажэм дэт курыт еджапIэм, ещанэ хъуащ Къулъкъужын Ищхъэрэ дэт 3-нэ курыт школыр. «2019 гъэм и еджакIуэ нэхъыфI» цIэр фIащащ ХьэтIохъущыкъуей къуажэ дэт 3-нэ курыт школым щIэс ДыщэкI Къанщобий. А унэтIыныгъэмкIэ япэ увыпIэр иратащ Къулъкъужын Ищхъэрэ дэт 3-нэ курыт еджапIэм щIэс Уэркъуасэ Алим. ЕтIуанэ хъуащ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт 3-нэ курыт школым и еджакIуэ Нэхущ Иннэ. Ещанэ увыпIэр хуагъэфэщащ Ислъэмей къуажэ дэт 4-нэ курыт школым щеджэ Къундет Миланэ. «2019 гъэм и ныбжьыщIэм акъылыфIэ» цIэр фIащащ ХьэтIохъущыкъуей къуажэ дэт 3-нэ курыт школым щеджэ Шыбзыхъуэ Атланэ. Япэ увыпIэр иратащ ХьэтIохъущыкъуей дэт прогимназием щIэс Архэст Эвелинэ. ЕтIуанэ хъуащ Бахъсэненок къуажэм дэт 1-нэ курыт школым щыщ Нартокъуэ Ренат. Ещанэ увыпIр хуагъэфэщащ Къулъкъужын Ищхъэрэ дэт 3-нэ курыт еджапIэм щеджэ Степановэ Элинэ. АдэкIэ утыкум кърашащ «2019 гъэм и спорстмен» унэтIыныгъэмкIэ пашэ хъуахэр. Бахъсэн щIыналъэм щеджэ еджакIуэхэм спорт и лъэныкъуэкIэ ехъулIэныгъэ нэхъыбэ иIэу къалъытащ Къулъкъужын Ищхъэрэ дэт 3-нэ курыт еджапIэм щIэс ПщыхьэщIэ Къаплъэн. Япэ увыпIэр хуагъэфэщащ ПсыкIэху къуажэм дэт курыт школым щIэс Къамбий Тамерлан. ЕтIуанэ увыпIэр зыIэригъэхьащ Кыщпэк къуажэм и курыт еджапIэм и еджакIуэ Гъуэщокъуэ Нур-Мухьэмэд. Ещанэ хъуащ Бахъсэненок къуажэм дэт 3-нэ школым щеджэ Дадэхъу Темыркъан. ГъэлъэпIэныр зэфIэкIа нэужь къызэхуэсахэр ирагъэплъащ махуэшхуэм хуагъэхьэзыра концертым. Абы хэтащ щIыналъэм ЩэнхабзэмкIэ и унэхэм я гъэсэн цIыкIухэр. Утыку кърахьат еджэныгъэм пыщIа теплъэгъуэ гъэщIэгъуэнхэр, къафэхэр, уэрэдхэр. Апхуэдэу утыкур ягъэдэхащ Тырку щIыналъэм уэрэд жыIэнымкIэ щекIуэкIа зэпеуэм пэшэныгъэр щызыубыдахэу Шурдым Миленрэ Къуршэ Арианэрэ. ХЬЭРЭДУРЭ Аллэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "511.txt" }
Дунейм щыхъыбархэр Иджы Жуковым и деж нэсащ 2015 гъэм Украинэм къыщащтащ совет лъэхъэнэм къыдэунэхуа, коммунизмэм пыщIа сыт хуэдэ Iуэхури лъэныкъуэ егъэзыным теухуа закон. Абы къемызэгъ ищIащ а къэралым совет дамыгъэхэр къыщыбгъэсэбэпыныр, СССР-м къыщекIуэкIа хабзэхэм утетыныр. Ауэ законым къигъэлъэгъуауэ щытащ узэIусэ мыхъуну гуэрхэри - псалъэм папщIэ, нацизмэм ебэна совет къулыкъущIэхэм я цIэхэр зезыхьэ фэеплъхэр, абыхэм хуагъадэ нэгъуэщI ухуэныгъэхэр пкъутэжыну хуит уищIыркъым. А законыр ягъэзащIэкIэрэ, Украинэм и къалэхэм, уэрамхэм я цIэхэр яхъуэж, совет цIыхубэм я унафэщIу щытахэм я фэеплъхэр якъутэж. Псалъэм папщIэ, илъэс зыбжанэ ипэкIэ къэралым щрахыжащ Лениным и фэеплъ псори. Киев и метром дзэзешэ цIэрыIуэ, «ТекIуэныгъэм и Маршал» жыхуаIэ Жуковым и цIэр зезыхьэу щыта и станцым 2016 гъэм фIащауэ щытащ «Спортым и уардэунэ» жиIэу. Абдежи къыщызэтеувыIакъым иджы. Харьков къалэм мэкъуауэгъуэм и 4-м щалэжьащ цIыху куэд зыгъэгубжьа Iуэху - Жуков Георгий и фэеплъыр къракъутэхащ националистхэм. Хабзэхъумэхэр абыхэм япэщIэтыну яужь ихьат, ауэ кърагъэкIуэту щыхуежьэм, я Iуэху зэрахуэжакъым. Къэрал унафэщIхэм сыт жаIауэ пIэрэ абы теухуауэ? Украинэм и президентыщIэ Зеленский Владимир абы теухуа хъыбарыр зэхиха нэужь унафэ ищIащ къалэ Iэтащхьэхэм Iуэхур зэхагъэкIыну икIи цIыхубэм абы теухуауэ епсэлъэну. Ар къызыфIэмыIуэхуща президентым хущIатхъуэ украин куэдым. «Къэралым и унафэщIым апхуэдэ мыхъумыщIагъэхэр яхуидэным, законыр къызэпызыудхэм унафэ ткIий ятримыщIыхьыным къикIыр езыми радикалхэм я Iуэху еплъыкIэр ядиIыгъыу аращ», - ятх ар зи гум темыхуэ цIыхухэм. Къалащхьэм егъэлеяуэ щыхуабэщ Москва ямылейуэ хуабэ зэрыщыхъуар къохьэлъэкI цIыхухэм. Хьэуам и хуабагъыр градус 32-м щIегъу. Ар зыхуэмыхьын куэд яхэтщ къалэдэсхэм, абы къыхэкIыу ахэр Iэмал зэриIэкIэ дыгъэм хэмыхьэну, Iуэху хьэлъи ямыщIэну къыхураджэ дохутырхэм. «Мы тхьэмахуэр икъукIэ хуабэу щытынущ, уэшх къешхыным ущIыщыгугъыни щыIэкъым. Хуабэм и толъкъун жыдоIэ дэ апхуэдэ щытыкIэм щхьэкIэ. Апхуэдэу махуитхукIи нэхъыбэкIи щытынкIэ хъунущ. Ар шынагъуэншэкъым зи ныбжь хэкIуэтахэм, сабийхэм, уз гъэтIылъа зиIэхэм я дежкIэ, - жиIащ УФ-м и Гидрометцентрым и щIэныгъэ унафэщI Вильфанд Роман. - ЩIыуэпсым дежкIэ апхуэдэ дуней щытыкIэр шынагъуэкъым, сыту жыпIэмэ накъыгъэм уэшхыфI къешхащ икIи щIым псыIагъэкIэ хъарзынэу зигъэнщIащи». Дыгъэм, хуабэм зэрызыщыпхъумэну Iэмалхэри ягу къагъэкIыжащ москвадэсхэм – унэхэм жьы зэпрегъэхун, щIыбым щыщIэкIкIэ нэхъ жьыщIэхуу захуэпэн, я щхьэхэм дыгъэм щызыхъумэну зыгуэрхэр фIалъхьэн, нэгъуджэ фIыцIэхэр зыIуалъхьэн, псы нэхъыбэ ефэн хуейщ. Синоптикхэм зэрыжаIэмкIэ, апхуэдэ хуабэ щыIауэ щытащ 1988 гъэм - абы щыгъуэ температурэр градус 32,5-рэ хъуауэ щытащ, 2014 гъэми куэдкIэ нэхъ тIасхъакъым – градус 32,2-рэ къагъэлъэгъуауэ щытащ къалэ термометрхэм. Нобэ ♦Испанием щагъэлъапIэ Республикэм и махуэр ♦Алтай Республикэм и конституцэр къыщащта махуэщ ♦Къыргъызым и финанс, экономикэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм я махуэщ ♦1340 гъэм Голландием Роттердам къалэм и лъабжьэр щагъэтIылъащ. ♦1498 гъэм Колумб Христофор ежьащ дунейр къызэхикIухьыну, иджы ещанэу. ♦1732 гъэм Санкт-Петербург япэ ЩIымахуэ уардэунэм, пащтыхь гуащэ Иоанн ипхъу Аннэ хуаухам, и лъабжьэр щагъэтIылъащ. ♦1775 гъэм Колоние Зэгуэтхэм я цIэр Америкэм и Штат Зэгуэтхэр жиIэу зэрахъуэкIащ. ♦1972 гъэм Москва щыщIадзащ шыхэр зыщIэщIа гухэмкIэ цIыхухэр къыщрашэкIыну гъущI гъуэгу ухуэныр. ♦1881 гъэм Пушкин Александр и фэеплъ Москва къыщызэIуахащ. ♦1903 гъэм франджы щIэныгъэлI Кюри Пьер Берлин къалэм хэIущIыIу щищIащ полоний химие пкъыгъуэщIэр къызэрихутар. ♦1919 гъэм Нью-Йорк япэу щекIуэкIащ автомобилыр зегъэкIуэным зэрыхуэхьэзырыр къызэрапщытэ экзаменхэр. ♦1936 гъэм КъБР-м Физкультурэмрэ спортымкIэ и республикэ комитет къызэрагъэпэщащ. ♦1960 гъэм Сауд Хьэрыпым цIыхубзхэр хуит щащIащ щIэныгъэ зрагъэгъуэтыну. ♦2008 гъэм Европэм футболымкIэ и чемпионатым щIидзащ. Ар Австриемрэ Швейцариемрэ щекIуэкIащ мэкъуауэгъуэм и 7-м къыщыщIэдзауэ мэкъуауэгъуэм и 29 пщIондэ. Абы щытекIуауэ щытащ Испанием и командэ къыхэхар. ♦1872 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, РСФСР-м и цIыхубэ артист Собинов Леонид. ♦1897 гъэм къалъхуащ дзэ къулыкъущIэ, Совет Союзым и Маршал, Совет Союзым и ЛIыхъужь Мерецков Кирилл. ♦1933 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, усакIуэ-уэрэдус, драматург, актёр, УФ-м и цIыхубэ артист Арканов (и унэцIэ дыдэр Штейнбокщ) Аркадий. ♦1933 гъэм къалъхуащ совет актрисэ, Урысей Федерацэм и цIыхубэ артисткэ Лавровэ Татьянэ. ♦1946 гъэм къалъхуащ «Адыгэ макъ» газетым и редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэ, драматург, АР-м щIыхь зиIэ и журналист Хъурмэ Хъусен. ♦1952 гъэм къалъхуащ Тыркум щыщ адыгэ тхакIуэ, Нобель саугъэтым литературэмкIэ и лауреат 2006 гъэм хъуа Памукъ Орхьэн. ♦1952 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Тэтэр Анатолий. ♦1952 гъэм къалъхуащ урысей тхакIуэ Донцовэ Дарье. ♦1957 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артист Маршал Александр (и унэцIэ дыдэр Миньковщ). ♦1988 гъэм къалъхуащ урысей теннисисткэ, 2016 гъэм Рио-де-Жанейрэ (Бразилие) щекIуэкIа Олимп Джэгухэм щытекIуа Макаровэ Екатеринэ. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, уэшх тIэкIу къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 26 - 27-рэ, жэщым градус 18 - 19 щыхъунущ. Лъэпкъ Iущыгъэ: Пщэдджыжь хьэщIэ гъэхьэщIэгъуафIэщ. Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "512.txt" }
Арщыдан щыщ гъуащхьауэ Iэзэ «Спартак-Налшыкым» и капитан гъуащхьауэ Iэзэ Бажэ Амир топджэгум дихьэххэм фIы дыдэу яцIыху. Щалъхуа икIи футболым япэ лъэбакъуэхэр щыхича Арщыдан къуажэм щригъажьэри, ар Мэзкуу и «Спартак»-м, Белгород и «Салют»-м, Воронеж и Факел»-м, Пензэ и «Зенит»-м, Владивосток и «Луч-Энергия»-м щыджэгуащ икIи дэтхэнэ зыми лъэужь дахэ къыщигъэнащ. Иджыпсту зэфIэкI ин зэриIэр щегъэлъагъуэ Иорданием и чемпионатым икIи абы щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм дэрэжэгъуэ ин ярет. Аруан щIыналъэм хыхьэ Арщыдан къуажэм Бажэ Амир 1988 гъэм жэпуэгъуэм (октябрым) и 15-м къыщалъхуащ. Пасэу топ джэгун щыщIидзащ щIыпIэ «Бедик» командэм. Япэ тренеру иIар а Iуэхур фIыуэ зылъагъу икIи куууэ хэзыщIыкI и адэ Бажэ Хьэутийщ. И адэ къуэш Дотии къуажэми республикэми хуабжьу щыцIэрыIуэ футболистт. - ЗанщIу гъуащхьауэ къалэныр къыхэсхащ, - игу къегъэкIыж Амир. - Дэрэжэгъуэ ин къызитырт ди хьэрхуэрэгъухэм я гъуэр щыхэзгъащIэм и деж. ЯпэщIыкIэ ар зэгъэхъулIэгъуейт. Хуабжьу гугъу зезгъэхьын хуей хъуащ си хъуэпсапIэм сытеIэбэн папщIэ. И ныбжьыр илъэс пщыкIутI хъуа къудейуэ, 2001 гъэм, Амир къэралым и къалащхьэм къыщыхутащ. Мэзкуу и «Спартак»-м и футбол школым зыщызыгъэсэну сабий гуп къащтэрти, и адэ къуэш Бажэ Дотий абы къыщригъэплъыну ишащ. Кавказым щыщ Iэбыдэлъэбыдэ щIалэ цIыкIур занщIэу ягу ирихьащ икIи къащтащ. - «Сыт Мэзкуу нэс щыпщIэнур, уи пIэ ис», къызжаIэрт куэдым, - къыпещэ и псалъэмакъым Амир. – Сэ абыхэм си лъэр щIагъэхун дэнэ къэна, нэхъри сытрагъэгушхуэрт, ерыщ срагъакIуэрт. Сысабийми, къызгурыIуэрт адрейхэм яхузэфIэкIыр сэри зэрызэзгъэхъулIэфынур. КъищынэмыщIауэ, зэрысщIэжрэ Мэзкуу и «Спартак»-м и джэгукIэм сыдихьэхырт. Арати, мазэкIэ зыгъэсэныгъэхэм къыщыскIэлъыплъри, школым сыщIагъэтIысхьащ, къалащхьэм япэ тренеру щызиIа Бондаренкэ и чэнджэщкIэ. Сакъызыхэхуар къэрал псом и щIыпIэ куэдым къраша сабийхэрт. ЗыхэсщIэрт си хъуэпсапIэр къызэрызэхъулIэр икIи ерыщу зызгъасэрт. ЩIыпIэ жыжьэм и закъуэу зэман кIыхькIэ зэи щымыIа адыгэ щIалэ цIыкIур къалащхьэм и зэрыхьзэрийм къыхэхутащ. И щхьэ Iуэху езым зэрихуэжыну абы къыхукъуэкIащ икIи хъарзынэу къе­хъулIащ. Гупым ар апхуэдизкIэ фIыуэ хэзэгъати, и пашэ хъуащ икIи капитану щIэх-щIэхыурэ командэр джэгупIэ губгъуэм къришэрт. И ныбжьыр илъэс пщыкIух иджыри иримыкъуауэ Бажэ Амир хагъэхьащ Мэзкуу и «Спартак»-м и щIалэгъуалэ гупым. Япэу абы и джэгукIэр щыслъэгъуар «Спартак-Налшыкыр» премьер-лигэм кIуа иужькIэщ. Ди щIалэхэм 2006 гъэм Нарткъалэ къыщрагъэблэгъа мэзкуудэсхэм къахэжаныкIырт ар. ИужькIэ цIэрыIуэ хъуа гъуащхьауэхэу Дзюбэ Артёмрэ Баженов Никитэрэ я гъусэу абы хэгъэрейхэр игъэгулэз зэпытт. Бажэ Амир Мэзкуу и «Спартак»-м и щIалэгъуалэ гупым хэту, абы и капитану мызэ-мытIэу къэралым и чемпион хъуащ икIи топ куэд я хьэрхуэрэгъухэм яхудигъэкIащ, гъуащхьауэ щIалэщIэхэм я зэпеуэм щытекIуэу. КъищынэмыщIауэ, ираджащ зи ныбжьыр илъэс пщыкIубл иримыкъуахэр зыхэт Урысей Федерацэм и ныбжьыщIэ командэ къыхэхам. Апхуэдизу лъэщу абыи хэзэгъати, зэIущIи 8-м топи 6 щыдигъэкIат. Дауи, IэщIагъэлIхэми тренерхэми гу къылъатащ икIи хуабжьу набдзэгубдзаплъэу къыкIэлъыплъу хуежьащ. Амир зэфIэкI псори иIэт къэралым и футболист нэхъыфIхэм ящыщ зы къыхэкIыну. АрщхьэкIэ спортым и хабзэ ткIийхэм ящыщщ, ныбжьыщIэхэмрэ щIалэгъуалэмрэ къахэкIыу цIыхур балигъхэм щахыхьэр. ЗакъуэтIакъуэщ ар тэмэму къызэхъулIэр. Бажэ Амир абыкIэ и насып къимыкIауэ пхужыIэнукъым, арщхьэкIэ щхьэусыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм я зэранкIэ Урысей Федерацэм футболымкIэ и премьер-лигэм зыщигъэбыдэфакъым. - Федотов Владимир ди тренер нэхъыщхьэу щагъэувам щIалэгъуалэр балигъхэм нэхъ дыхишэу щIидзащ, - жеIэ Амир. - Владивосток и «Луч-Энергия»-м зэныбжьэгъугъэ зэIущIэ дедгъэкIуэкIыу япэ дыдэу балигъхэм сахэту джэгупIэ губгъуэм сыкъихьащ икIи тайм псо езгъэкIуэкIащ. Дауи, хуабжьу сыгузавэрт. Иджыри къэс нэхъыбэм телевизоркIэ фIэкIа сымылъэгъуа, зи джэгукIэм хуабжьу сыдихьэхыу щыта Титов Егор, Калиниченкэ Максим сымэ хуэдэхэм иджы срагъусэу Мэзкуу и «Спартак»-м и щIыхьыр схъумэрт! Зи ныбжьыр илъэс пщыкIуий иджыри иримыкъуа Бажэ Амир занщIэу премьер-лигэм и зэрызехьэшхуэм хадзэну дзыхь ящIакъым. И IэпкълъэпкъкIи IэзагъкIи нэхъ псыхьа хъун папщIэ бэджэнду иратащ япэ дивизионым щекIуэкI зэхьэзэхуэм хэт «Спартак-МЖК»-м. 2007 гъэм абы зэIущIэ тIощI щригъэкIуэкIати, тIэу къыхэжаныкIащ. Ар профессиональнэ футболым щича япэ лъэбакъуэт. КъыкIэлъыкIуэ илъэсым Бажэр Мэзкуу и «Спартак»-м къашэжащ. Абы зэи игу ихужыркъым официальнэу щыт зэIущIэм япэу къызэрырагъэхьар зыгъэса командэм и балигъ гупым хэту. Ар къыщыхъуар 2008 гъэм шыщхьэуIум (августым) и 6-рщ. Урысей Федерацэм и кубокыр къэхьыным ехьэлIа зэхьэзэхуэм и 1/16-нэ Iыхьэм ипкъ иткIэ «Спартак»-р Брянск къалэм щIыпIэ «Динамо»-м щыIущIэрт. Хухаха зэманыр мащIэ дыдэми, Амир абы тегушхуэныгъэ къритащ икIи и командэр 2:1-уэ текIуэри, адэкIэ зэхьэзэхуэм щыкIуэтащ. Апхуэдэу щыт пэтми, Бажэ Амир Мэзкуу и «Спартак»-м и щIыхьыр афIэкIа зэи ихъумэжакъым. Япэ дивизионым зыкъыщызыгъэлъагъуэ Дон Iус Ростов и СКА-м 2008 гъэм и гъэмахуэм бэджэнду иратащ икIи а илъэсыр иухыхукIэ зыхэта зэIущIэ 13-м топи 2 щыдигъэкIащ. АдэкIэ Белгород и «Салют»-р къыпэплъэрт. Бэджэнду зрата япэ дивизионым и командэ нэхъыфIхэм ящыщ зым Амир фIы дыдэу хэзэгъащ икIи пэщIэдзэ зэIущIэ пщыкIутхум хэнейрэ къыщыхэжаныкIащ. Абы иужькIэ белгороддэсхэм ар зыхашэпащ икIи къыкIэлъыкIуа илъэсищым 86-рэ яхуэджэгуащ икIи я хьэрхуэрэгъухэм топ 25-рэ яхудигъэкIащ. АрщхьэкIэ иужькIэ мылъкукIэ я Iуэхухэр зэIыхьэри, «Салют»-р етIуанэ дивизионым къекIуэтэхащ, абы и капитан Бажэ Амир гъунэгъу Воронеж и «Факел»-м гуфIэжу зэхигъэхьащ. АрщхьэкIэ абыи зыщимыIэжьэу Пензэ и «Зенит»-м ди лъахэгъур Iэпхъуащ. Бажэ Амир и зэфIэкIыр къыщызэкъуиха, и къаруилъыгъуэ лъэхъэнэм «Спартак-Налшыкыр» премьер-лигэм хэтащ. Абы и тренер нэхъыщхьэ Красножан Юрэ пресс-конференцхэм щIэх-щIэхыурэ дыщеупщIырт Мэзкуу и «Спартак»-м щагъэса ди лъахэгъу щIалэр къыщалъхуа щIыналъэм къыщIимышэжым и щхьэусыгъуэмкIэ, ар езыр хуабжьу зэрыщIэхъуэпсыр тщIэрти. Жэуап пыухыкIаи зэи къыдитыфыртэкъым, езым а къулыкъу лъагэр къылъызыгъэсар 2005 гъэм Налшык и «Спартак»-м и унафэщIу щыта Амир и адэ къуэш Бажэ Дотийуэ щыт пэтми. Ди командэм и ветеранхэу Сыжажэ Валерэрэ Гогибедашвили Заурри абы трагъэчыныхьырт. Сытми, Красножан и щхьэр едгъэужэгъури, зэхьэзэхуэм и пэ къихуэ зыгъэсэныгъэхэм ящыщ зым Амир иригъэблэгъащ. Зэныбжьэгъугъэ зэIущIэ гуэрым дакъикъэ зыбжанэкIэ къыщригъэхьэри, иутIыпщыжащ, къыдимыхьэхауэ жиIэри. МылъкукIэ и Iуэхухэр зэIыхьэу «Спартак-Налшыкым» премьер-лигэри, къыкIэлъыкIуэу япэ дивизионри ибгына иужькIэщ Бажэ Амир Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ нэхъыщхьэм къыщрагъэблэгъэжар. ЗанщIэуи ар гупым и пашэ хъуащ. 2014 гъэм щыщIэдзауэ Амир командэм и капитанщ икIи абы лъандэрэ зэIущIэ 98-рэ налшыкдэсхэм яхэту иригъэкIуэкIащ. Арщыдан щIалэм абыхэм топ 20 я хьэрхуэрэгъухэм щахудигъэкIащ. Къыщыхъуа щыIэщ 2017 - 2018 гъэхэм екIуэкIа зэхьэзэхуэм Владивосток и «Луч-Энергия»-м и фащэр щыщIитIэгъа. А командэр премьер-лигэм игъэзэжыну хущIэкъурти, Бажэ Амири и зэфIэкI абы щеплъыжыну хуейт. АрщхьэкIэ, мылъкукIэ къакъуэувэн ягъуэтатэкъыми, Iуэхум къикIаишхуэ щымыIэу, Налшык къэкIуэжри, ди командэм къыхыхьэжащ. Бажэ Амир и хъыбарыфI щыIуар Хэкужьым и закъуэкъым. Хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэри абы и зэфIэкI лъагэм щыгъуазэу къыщIэкIащ икIи мы илъэсыр иухыхукIэ щыджэгуну Иорданием и командэ нэхъ лъэщхэм ящыщ «Аль-Ахьли»-м яшащ. ИтIанэ «Спартак-Налшыкым» къигъэзэжыну и мурадщ, иужь лъэхъэнэм абы уэру къыхыхьа ди щIыпIэм къыщалъхуа икIи зыщызыгъэса щIалэгъуалэм и зэфIэкIымрэ IэзагъымкIэ ядэгуэшэн, ахэр тригъэгушхуэу футболым и гъуэгу бгъуфIэм тригъэувэн папщIэ. Спортым зэрыхэтым къыдэкIуэу, Бажэ Амир щIэныгъэ нэхъыщхьи зэригъэгъуэтащ. Абы ехъулIэныгъэкIэ къиухащ Физическэ щэнхабзэмкIэ, спортымкIэ, щIалэгъуалэмрэ туризмэмкIэ Урысей къэрал университетыр. Ари гъащIэм хуабжьу къыщыхуэсэбэпыну IуэхугъуэфIщи, Тхьэм иригъэфIакIуэ! «Спартак-Налшыкым» и капитан Бажэ Амир. Мэзкуу и «Спартак»-м щыхэтам. Сабий зеиншэхэр егъэгушхуэ. ЕбгъэрыкIуэныгъэр сыт щыгъуи и гъуазэщ. Жыласэ Заурбэч.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "513.txt" }
Мэрем пшыхь Псалъэ пэжхэр Псалъэ дахэ зи бэм ухуэмыбэлэрыгъ ♦ПцIым уи лъэм лъахъэ кърелъхьэ. ♦ЩытхъукIэ яшыуар мышу мэхъу. ♦Фадэм и кIэухым хым ухешэ. ♦ЗэфIитIым я кум удыхьэмэ, фIырыфIкIэ укъыдэкIыжыфынукъым. ♦ГупэкIэ къыпщогуфIыкI, щIыбыр хуэбгъазэмэ, мэхъур гущыкI. ♦Сакъым къару егъуэт. ♦Лэжьыгъэм и щыгъэр гуащIэдэкIщ. ♦Фадэм гуауэр къегъэуш. ♦Къызэрызэтрихыу и напIэр, ефэурэ дех и бампIэр. ♦Псалъэ дахэ зи бэм ухуэмыбэлэрыгъ. ♦ИIэщ бзэгуми лъэрыгъ, мысакъ куэдыр егъэбэлэрыгъ. ♦ЩыпIихкIэ щIыхуэ ар ахъырзэманщ, къеIыпхыжыну ухуежьэмэ, имыIэ Iиман. ♦ПщIэншэ уадэм зиIэтын имыдэ, хуэгъэIу ухуейми уэредадэ. Къардэн Мухьэмэд ГушыIэхэр Фи уэншэкум и ипщхьэпIэр сыгъэлъагъу Выкхъэ Шухьиб хьэщIапIэ щыIэу бысымымрэ езымрэ уэршэрурэ жэщыбг хъуху щысауэ: - Гъуэлъи зыгъэпсэху, си хьэщIэ! - жиIэри бысым лIыжьыр щIэкIыжащ. Шухьиб гъуэлъыжыну щыхуежьэм, хьэщIэщ гъуэлъыпIэм уэншэку фIэкIа шхыIэни щхьэнти имылъу къыщIэкIащ. ШхыIэн къыхуахьыным щыгугъыу зыкъомрэ щысыжащ. Щымыхъум, щIэкIри бысымым еджащ: - Уа, тхьэмадэ, кхъыIэ, накIуи фи уэншэкум и ипщхьэпIэр сыгъэлъагъу! - жиIэри. Си Iыхьэр ирегъ Хъуэжэрэ и щхьэгъусэмрэ жейуэ жэщым здыхэлъым, я сабийр къыхэгъыкIащ. Хъуэжэ и фызыр хуэмыху гуэрти, къэтэджын щхьэхри, и щхьэгъусэм IэфракIэкIэ едыркъащ: - Тэджи щIэупскIэ, уэри уи Iыхьэ хэлъщ сабийм, - жиIэри. Хъуэжэ, мэз щыIауэ, ешаелIауэ арати, къэтэджын и жагъуэт. - Сэ си Iыхьэр ирегъ, уэ уи Iыхьэр ухуеймэ щIэупскIэ, - жиIэри Хъуэжэ зигъазэри жеижащ. КъардэнгъущI Зырамыку. Хъыбар Адыгэ пщащэм и хахуагъэ Урыс-Кавказ зауэжьыр екIуэкIырт. Адыгэхэм загъэхьэзырырт ТIуапсэ быдапIэр зэхакъутэну. Шапсыгъым щыцIэрыIуэ пщащэ, Къазийхэ япхъу Хьэнифэ дахэм къылъыхъуат дзэзешэ хахуэ Къуэджэбэрдыкъуэ Мыхьэмэт. А зэман хьэлъэр нысашэм, хьэгъуэлIыгъуэм темыгъэпсыхьами, Хьэнифэ арэзы хъуат и насыпыр Шапсыгъым и щIыбкIи зи лIыгъэр щызэлъащIыса щIалэ бжьыфIэшхуэм ирипхыну. Хъыджэбзым зэхихат Мыхьэмэт сымэ ягъэхьэзыр теуэныгъэм и хъыбар. Арати, а зэманым къекIуэкIыу щыта нысэ уасэм и пIэкIэ зи лъэпкъым и къэкIуэнум хуэгумэщI бзылъхугъэ Iущым Мыхьэмэт хуигъэуват бийм и топ къуентхъыу къыхуишэмэ, абыкIэ арэзыуэ. Мыхьэмэти, и лIыгъэм къигъэгугъэрти, апхуэдэ уасэм йоувалIэ… Адыгэдзэр ТIуапсэ быдапIэм тоуэри зэхакъутэ. Мыхьэмэт урыс топыр къуентхъ къещIри, Хьэнифэ дахэм къыхуешэ, ауэ езыри уIэгъэ хьэлъэу, шэм зэщIиблауэ къашэж. Мыхьэмэт и гъыбзэм мыпхуэдэу хэтщ ар къыщашэжым Хьэнифэ жиIауэ: СыпыкъуокI гущэри, сыщыппыкъуэплъкIэ, Уей, и шытх гущэмэ лъы пцIыгъэр ити… Шэр къыщыхахыжми лIыгъэшхуэрэ шыIэныгъэрэ къегъэлъагъуэ, тIэкIуи нэхъыфI къохъужри, абы щыгуфIыкIа джэгуакIуэм «Къуэджэбэрдыкъуэ Мыхьэмэт и шэхэхыж уэрэд» нэщхъыфIэр зэхелъхьэ. Ар псалъэ зыхэмыт макъамэ-уэрэдт, шыкIэпшынэкIэ ягъэзащIэу, ежьу щIэту. АрщхьэкIэ, куэд дэмыкIыу Мыхьэмэтыр къызэIохьэжри, уIэгъэхэм йолIыкI. Япэ уэрэдыр хузэхэзылъхьауэ щыта джэгуакIуэм зэуэ гъыбзэ еус, ар жаIэурэ щIалэр щIалъхьэ. Абы и ужькIэ Хьэнифэ цIыхухъу щыгъынкIэ зихуапэщ, IэщэкIэ зиузэдри дэшэсыкIащ, зыми хъыбар иримыгъащIэу. ЗыщIыпIэ къикIа щIалэщIэу фIэкI закъримыгъэцIыхуу адыгэ шуудзэм хыхьэри, джатэпэрыкIуэу, шыщхьэмыгъазэу зэуащ, гу зыщимыхуа Мыхьэмэт и лъыр ищIэжу. Ар пщащэу къыщащIар, зэры-Хьэнифэр къыщацIыхуар къаукIыу шым къыщехуэхаращ. И цIыхухъу пыIэр щхьэрыхури, абы щIэгъэпщкIуа щхьэцышхуэр къыщIэхуат, и хъыджэбз куэншыбэри зэрыщыгът… Гупсысэр - псалъэкIэ Бзэм и лъахэм Анэдэлъхубзэм си гум абгъуэ щещI. Ар къыздалъхуащ, си сабиигъуэр щIиупскIащ, сигъэфIащ. Иджы си гупсысэм и псэщ, и къэIуэтакIуэщ. Хьэуам хэтщи, жьэдэсшэ пэтми зызмыгъэнщIу сробауэ. Си псалъэр егъэлъэщ, егъэпагэ, егъэлъагэ. Зыгуэрым сигъэпIейтеямэ, а псалъэ къомыр нэIурыт къысхуохъу. Си гупсысэр ятIэпI, яшэщI, гъащIэ ират. Я нэхъ гуапэр къахызощыпыкIри, бзэгупэм пызогъэлъэтыкI. СурэтыщI Iэзэм сыту ещхь-тIэ ахэр - си пащхьэм гъащIэ лъагъугъуафIэ, нэфIэгуфIэ, насыпыфIэ иращIыхь. Гупсысэмрэ си нитIымрэ зэхуашэри, зы щэху телъыджэ гуэр кърагъэтIэщI. Сохъуапсэри, си нэгум къыщIыхьам, си гум къихъуам сыхыхьэну солъэдэкъэщыкI… ИтIанэ зыхызощIэ, анэдэлъхубзэр псэуэ зэрысIутыр, Iэпкълъэпкъым хэгуэшауэ зэрыхэтыр. Хьэуэ, сыщыгъуазэкъым бзэм и щэху псоми. Абы гъуни, нэзи, лъащIи иIэу си фIэщ хъуркъым. ИтIани… зыхэсщIа мащIэр къысIурыIэфIащ. Гум къикI гупсысэр щыгуапэм, щыхьэрэмыгъэншэм деж, псалъэхэри сыту нэху! ЗигъэнщIыркъым си гум, бзэм и лъахэм щыбэуэнкIэ, абы щызэхилъхьа макъамэм щIэдэIункIэ, зигъафIэу и куэщI хуитым щыусэнкIэ. Гугъуэт Заремэ. Фэ фщIэрэ? ПхъащIэ Iэмэпсымэхэр Лъэрыгу - лъакъуэкIэ ягъэлажьэурэ пхъэ къызэрагъэжыхь Iэмэпсымэ. Кхъуэдзэ - пхъэр щаупскIэ мыхъеин щхьэкIэ зрагъэкъур. Джэп - гулъэгу къызэрагъэш Iэмэпсымэ. Гудзэхуэшэ - гудзэIэпэхэр гулъэгу убрууам зэрыхуашэ Iэмэпсымэ. Бдзы - пхъэ къызэрырабзыкI Iэмэпсымэ. Джынасу - пхъащIэхэм, унэ зэтезылъхьэхэм захуагъ-Iушагъыр къызэрахутэ Iэмэпсымэ. Тэрэз - хъурейуэ къызэратхъыхь пхъащIэ Iэмэпсымэ, и кIапитIыр IунэкIэ зэтегъэубыдауэ, адрей тIур папцIэу, зэкIэщIэкI-зэкIэщIыхьэу щыту. Тхъусэ - пхъэм къыхащIыкIыу ящI бжэмышх, шынакъхэм я кIуэцIыр зэрагъэтэмэм, къэгъэшарэ дзитI зыIут Iэмэпсымэ. IэдэIуантIэ - гъущIхэкI сыт хуэдэхэр зыдрагъэубыдэ Iэмэпсымэ. Пхъэпс - унэлъащIэ ящIыну пхъэр джафэу зэраупс Iэмэпсымэ. Пхъэпс бгъунж - пхъэ упсам и гъунэхэр нэхъ лъахъшэу зэрытрах, тхыпхъэ гуэрхэр зэрытрадзэ пхъэпс лIэужьыгъуэ. Пхъэпс кIыхь - пхъэ упсам зэрытеупсыхьыж пхъэпс. Пхъэпсэущ - пхъэпсым хэлъ гъущI Iыхьэр. ПхъэупсапIэ - пхъэпс щеуэкIэ пхъащIэр зыбгъэдэт лъэщапIэ. ПхъэфыщIпхъэпс - пхъэр зэрагъэкъабзэ, ипэ дыдэу пхъэм зэрытеупсыхь пхъэпс. Бжаблэдэч - пхъэпс лъэпкъыгъуэ, лэдэх иращIу. Пхъэх - пхъэ, гъущI хуэдэхэр зэрызэпах, дзэ цIыкIу куэд зиIэ Iэмэпсымэ. ПхъэхзэтещIэ - кIапсэкIэ пэщIэIуантIэ етауэ шэщIа пхъэх псыгъуэ. Пхъэхыбзэ - пхъэхзэтещIэр зэраубзыху, зэрагъэлалэ, зэракъуз кIапсэмрэ пэщIэIуантIэмрэ. Пхъахъуэ - пхъэ зэрагъэджафэ, зэрахъуэ и. Зыгъэхьэзырар Дол Iэминэщ. ГъэщIэгъуэнщ Тхылъхэм я зэманыр икIынукъым Смартфонхэмрэ электрон тхылъхэмрэ я лIэщIыгъуэм нэмыцэхэм иджыри я мурадщ зэрыбкIэ тедза къыдэкIыгъуэхэм я зэманыр ирамыгъэкIыну. Къапщтэмэ, къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм щыIэ къалэ щхьэхуэхэм я уэрамхэм тхылъ дэлъхьэпIэ екIухэр щагъэув. Апхуэдэу Германием щагъэувахэм я бжыгъэр 400-м ноблагъэ. Абыхэм ящыщ зыр Берлин и Грюневальд станцым тет телефон унэ цIыкIурщ, адрейр Бергиш-Гладбах къалэм дэтщ. Языныкъуэ тхылъ гъэтIылъыпIэхэр жылагъуэ фондхэм къызэрагъэпэщауэ аращ, адрейхэр IуэхущIапIэ зэхуэмыдэхэм я рекламэщ. Псалъэм папщIэ, Бергиш-Гладбах щагъэува тхылъ дэлъхьэпIэр хьэдэщIэлъхьэ IуэхущIапIэм ейщ. Тхылъ гъэтIылъыпIэхэм яхэтщ зы Iуэхугъуэм хуэгъэпса къыдэкIыгъуэхэм фIэкIа щызэхуэмыхьэсауэ. НэхъыбапIэр библиотекэ щIыкIэу щытщи, тхылъхэр щызэрахъуэж - цIыхухэм щIаджыкIахэр къахьри, нэгъуэщI абдеж къыщащтэ. Языныкъуэ тхылъ дэлъхьэпIэхэм пIалъэ пыухыкIакIэ фIэкIа тхылъыр къыщыпщтэ хъуркъым. Къыпхуагъэлъэгъуа зэманым ар пхьыжын хуейщ. Тхылъ хъумапIэхэм IункIыбзэ хэлъкъым, я бжэхэри зыми игъэбыдэжыркъым. Абыхэм я лэжьыгъэр цIыхухэм зэхуащI дзыхьым тещIыхьауэ щытщ. Дауи, къызэрыгуэкI библиотекэхэм хуэдэу щIэджыкIакIуэхэм тхылъ къыщыхузэIуахыркъым, къащтэхэмрэ къахьыжхэмрэ къыщыгъэлъэгъуауэ, ауэ «къыдэкIыгъуэ зэхуэхьэсахэм» ар зыгъэува фондхэмрэ IуэхущIапIэхэмрэ кIэлъоплъ. Германием щыпсэухэм зэрыжаIэмкIэ, уэрамхэм щагъэув апхуэдэ дэлъхьэпIэхэр икъукIэ сэбэпщ зэрыбкIэ тедза къыдэкIыгъуэхэр цIыхухэм ящымыгъупщэжынымкIэ икIи шэч къытрахьэркъым, абыхэм я фIыгъэкIэ, тхылъхэр иджыри куэдрэ я гъащIэм зэрыхэтынум. Дыкъуэ Данэ. Тхыгъэ кIэщIхэр Убзэныр къызыхэкIыр ЦIыхур убзэу къалъхуркъым. Ар убзэ зыщIыр е и къарууншагъэрщ, е зэрыкъэрабгъэрщ, е зэрыщхьэхуещэрщ. ПлъэкIитI Зыр уафэм дэплъеймэ, илъагъур абы щызэрызехьэ пшэжьхэм я закъуэщ. Адрейм а пшэжьхэри елъагъу, ауэ ещIэ абыхэм я щIыIукIэ дыгъэр и къару псомкIи къызэрыщепсыр. Дэшхуэхэр Дэшхуэ щащэкIэ, абыхэм яхэлъ дэ купщIэншэхэри мэгуфIэ: «Дэри дащэху», - жаIэри. Шыпсыранэ Гъатхэр къыщысым, адрей удзхэми хуэдэу, шыпсыранэри къэгъэгъат. Ауэ зыри абы хуеплъэкIыртэкъым. «Удз гъэгъа псори цIыхухэм гуфIэу пач. АтIэ сэ щхьэ сыкъагъанэрэ? Сыт си лажьэ?» - жиIэрт абы, и щхьэ мыгъуагъэ хуихьыжу. Абы ищIэртэкъым зэрышыпсыранэр. Дэжей Дэжейр жыгыщIэ цIыкIум ищIагъ къыщыхэкIат. Ар иджыри цIынэ дыдэт, зэфIэкIыншэт. - КхъыIэ, зосшэкIыну хуит сыщI, - елъэIуащ дэжейр жыгым. - Сэ зыгуэрым зезмышэкIмэ, сыкIуэдыжынущ. Жыг цIыкIум, дэжейр фIэгуэныхь хъури, «зыкъызэшэкI», - жиIащ. Иджы жыгыр плъагъужыххэркъым: дэжейм зэщIищтащ. ЗэкIэрыкIыркъым А тIур зэи зэкIэрыкIыркъым. Зыр здэщыIэм адрейри щыбгъуэтынущ. Зэныбжьэгъу пэжщ ахэр. Куэд щIауэ къызэдежьауэ къогъуэгурыкIуэ Узотрэ Къызэтрэ. Зыгуэрым и Iуэху мыщIагъуэмэ, Узот занщIэу нос, доIэпыкъу. Ар хуабжьу хьэтырыфIэщ. ЛъэкI псори ищIэнущ Къызэт щхьэкIэ. Къызэти ар игъэщIэхъуркъым. Абы фIыуэ ещIэ, Узот щымыIэмэ, езы Къызэти зэрыщымыIэнур. Къагъырмэс Борис. Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "514.txt" }
Театрыр ноби зи пщIыхьым хэт Театрыр дунейпсо гъуазджэм и Iыхьэ нэхъ лъэрыхь дыдэхэм ящыщщ. Ар и «щхьэцыгъуэхэмкIэ» хэухуэнащ литературэм, ма­къамэм, къафэм, уэрэдым, ­гъуа­з­джэм и нэгъуэщI лIэужьы­гъуэхэм. Сыт хуэдэ зэманми театрым и зыужьыныгъэр епхауэ щытащ цIыхухэм я къэухьымрэ я щэнхабзэр здынэс лъагапIэмрэ. Абы къыдэкIуэу, театрым Iэмал къыдет дыкъэзыухъу­реихь дунейр и жыпхъэ щхьэхуэхэмкIэ зыхэтщIэну. Апхуэдэу, спектак­лыр сценэм къыщыхъу Iуэхугъуэ щхьэхуэщ. Актёрхэм я зэфIэкIым, дауи, куэд дыдэ елъытащ, ауэ ахэр режиссёрым и уна­фэм ипкъ иткIэщ зэрылажьэр. Абы къыхэкIыу, режиссёрым и мы­хьэнэр театрым дежкIэ икъукIэ инщ жытIэмэ, ­едгъэлеинукъым. Гуапэ зэрытщыхъущи, ди лъэп­къым и мащIэкъым режиссёр, актёр зэчиифIэхэр. Абыхэм теат­рым и зэфIэкI гъэщIэгъуэнхэмкIэ лъэпкъым и гупсысэр лъагапIэ­щIэхэм хуашэ, и псэр фIым, нэхум хуагъэуш. Гъуазджэм и дунейм щыщ зыщ адыгэ (шэрджэс) драмэ театрым и къызэгъэпэщакIуэ, режиссёр, драматург цIэрыIуэ, Аб­хъаз Республикэм щIыхь зиIэ и артист, Къэ­бэрдей-Балъкъэрым гъуазджэ­хэм­­кIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъШР-м и цIыхубэ тхакIуэ, лэжьыгъэм и ве­теран, ­УФ-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэт, Урысейм и лъэпкъхэм я еханэ Артиадэм и лау­реат Абдокъуэ Маталио Умар и ­къуэр. Режиссёрым иджыблагъэ игъэлъэпIащ илъэс 80 зэрыри­къуар. 1938 гъэм Абдокъуэ Маталио ­къыщалъхуащ Къэрэшей-Шэрджэ­сым хыхьэ ПсэукIэ-Дахэ къуажэм (ипэкIэ Къылыш къуажэкIэ еджэу щытащ). Хэку зауэшхуэр зи гъащIэ лъагъуэм къыхэIэба сабий куэдым ящыщщ Маталио. - Си адэ-анэр фIыуэ сщIэ­жыр­къым. Сысабийуэ ахэр зэбгъэдэкIыжри, си анэшхуэм и гъу­сэу сыкъэнащ. ИужькIэ си адэм нэгъуэщI цIыхубз къишэжри, зы щIалэ къащIэхъуащ. Ди адэр ­Хэку зауэшхуэм щыкIуам, сэ иджыри сыцIыкIут. 1942 гъэм Сталинград и Iэгъуэблагъэм щыхэкIуэдащ ар, - игу къегъэкIыж Маталио. ЩIалэ цIыкIур нэхъ къыдэкIуэтея нэужь, щIэныгъэ ирагъэ­гъуэтыну яунэтIащ Черкесск ­къалэм дэт лъэпкъ интернатым. Абы щигъэкIуа илъэсхэм сабийр хэт зэпыту щытащ творческэ, художественнэ Iуэхугъуэхэм: басня къеджэрт, ­театр теплъэгъуэхэм щыджэгурт… Абы къыхэкIыу, Маталио курыт еджапIэр къыщиуха пIалъэм ирихьэлIэу, зыхуеджэнур, зыщIэ­хъуэпсыр ищIэрт. Апхуэдэуи 1957 гъэм Маталио щIэтIысхьащ Ост­ровский А. и цIэр зезыхьэ Ленинград театр институтым (иджы Санкт-Петербург театр академие). - Ленинград къикIри, бзылъ­хугъэ гуэр Черкесск къа­лэм къэкIуат. Абы театр еджапIэм щIэтIысхьэну гукъыдэж зиIэ­хэм экзамен дигъэтащ. Ар тыншу зэрысхуэтари, зэуэ еджапIэм сызэращтари сощIэж, - жеIэ Абдокъуэм. Абы Маталио илъэситхукIэ щеджащ икIи театрымрэ киномрэ я актёр IэщIагъэр зригъэгъуэтащ. А пIалъэм къриубыдэу и гупсысэми и къэухьми зэхъуэкIыныгъэфIхэр ягъуэтащ… Ленинград театр институтым ­щеджа, Къэрэшей-Шэрджэс студием и актёр ныбжьыщIэхэм 1962 гъэм Черкесск къалэм къагъэзэжащ. Ар ди хэгъэгумкIэ мыхьэнэ ин зиIа Iуэхугъуэшхуэт. - Пэжыр жысIэнщи, сыщыстудентми сегупсысырт ди хэгъэгум дгъэзэжмэ, лъэпкъ театр, сэркIэ нэхъыщхьэр, адыгэ театр, диIэн зэрыхуейм. Сыту жыпIэмэ, абы щыгъуэм урыс театр закъуэрат ла-жьэр, - къыхегъэщ Маталио. И хъуэпсапIэр нэрылъагъу ­хъун папщIэ, Черкесск къалэ дэт драмтеатрым Маталио актёр гуп щызэришэлIащ. Ахэр Ленинград къыщыддеджа актёр Шумахуэ Владимир, ГумжьафIэ Хьисэ, Уэз Лилэ сымэт. КъызэрагъэпэщагъащIэ адыгэ гу­пым я япэ гъэлъэгъуэ­ныгъэ ­хъуащ «Ди къуажэм» спектаклыр. Ар адыгэбзэкIэ ягъэуват. Къыхэгъэщыпхъэщ пьесэр Маталио щыстудента илъэсхэм ит­хауэ зэрыщытар. Пьесэри жэр­­дэмри зэ­рейм къыхэкIыу, режиссурэ IэнатIэри абы къыхуагъэ­фэщащ. - Япэ дыдэу а спектаклыр Эр­сакон къуажэм щытшам епхауэ ­зы гукъэкIыж сиIэщ. Ар 1963 гъэрат. Спектаклыр духа нэужь, сценэмкIэ зы бзылъхугъэ хэкIуэта гуэр, и нэпсхэр къыфIекIуэу, къыдэкIуейри, къыджиIащ: «Иджы сылIэми, сымылIа хуэдэщ. Си анэдэлъхубзэмкIэ спектакль слъэгъуащ!»… Апхуэдэ псалъэхэр зэхэпхыну сыт и уасэт, - игу къегъэкIыж Маталио. Пьесэм къыщыгъэлъэгъуэжат иджырей адыгэ къуажэм и псэу­кIэр, абы дэс цIыхухэм я хьэл-щэнхэр. Творческэ зэдауэхэмрэ къэлъы­хъуэныгъэхэмрэ я фIыгъэкIэ, адыгэ театрым хуэмурэ псэ къы­хыхьэрт. Ауэ гъащIэм Iэджэуи зы­зэре­дзэкI, дызыщымыгугъа куэди къыщохъу. Апхуэдэу, илъэс бжыгъэ гуэркIэ ­Маталио щылэжьэн хуей хъуащ Къал­мыкъ АССР-м и Яшалтинс­кэ лъэпкъ театрым и режиссёр нэхъыщхьэуи. Ауэ, щхьэж и лъа­гъуэ иIэжщи, дунейми абы теухуауэ ­къэхъукъащIэхэр зэрегъэзахуэ. 1972 гъэм хабзэм тету унафэ ящIри, Къэрэшей-Шэрджэсым щы­Iэ театрым лъэпкъ труп­пэхэр къыщызэрагъэпэщащ. Адыгэ труппэм и режиссёр нэхъыщхьэу Абдокъуэ Маталио ирагъэблэ­гъащ. IэнатIэщIэм пэрыту, абы и япэ гъэлъэгъуэныгъэ хъуауэ щытащ езым итха «Исчезающие тени» пьесэмкIэ ягъэува спектаклыр. 1976 гъэм лъэпкъым илъэгъуащ Джакометти Паоло и «Семья преступника» пьесэмкIэ игъэува спектаклыр. 1975 гъэм Маталио къиухыжащ ГИТИС-м и режиссёр курсхэр икIи Абдокъуэм къыхуагъэфэщауэ щытащ нагъыщэ хэIэтыкIахэр зэрыт дипломыр. 1989 гъэм Маталио къэрэшей, адыгэ лъэпкъ театрхэм (абы щы­гъуэм ахэр зэгуэтт) я унафэщIу ягъэуващ. КъыкIэлъыкIуэу, 1992 гъэм, Маталио адыгэ драмэ теат­рым и художественнэ унафэщI икIи директор ящIащ. Абдокъуэр гъуазджэм хуэлэжьэху хущIэкъу зэпыту щытащ театрыр фести­валь, зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэхэм и зэфIэкI щеплъыжыным. Къы­жыIапхъэщ, Налшык къалэм дэт, Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ къэрал институтым адыгэхэм яхуэгъэпса театр студиер 2000 гъэм къыщызэгъэпэщыным Абдокъуэм и къару мымащIэу зэрыхилъхьар. Маталио режиссурэм нэхъыбэу зритыжауэ щытами, къыхыумыгъэщыну фIэкIыпIэ иIэкъым ар актёр гъэщIэгъуэнуи зэрыщытар. КъызэрыджаIамкIэ, цIыхухэр театр кассэм къекIуалIэрти, спек­такль щыIэнум «Абдокъуэр щыджэгурэ?» жаIэу щIэупщIэрт. Ар джэгумэ, би­летхэр къащэхурт. Езы Маталио зэрызиумысыжымкIэ, абы и псэм нэхъ пэгъунэ­гъур трагическэ ролхэращ. Хуэб­гъэ­фащэ зэрыхъунумкIэ, а фIэ­фIыныгъэм и лъабжьэр езым и гъащIэ лъа­гъуэм и къежьапIэм къы­щылъыхъуапхъэщ. Адэ-анэм я фIылъа­гъуныгъэр зымылъэ­гъуа актёрым трагедие, драмэ образхэр нэхъ зыхищIэ хъуащ. А образхэр Маталио псэкIэ нэхъ пэгъу­нэгъущ, ахэр зэрыт щытыкIэр къыгуроIуэ. Апхуэдэу, ди тхыгъэм и лIыхъужьым нэхъ игу къинэжа, езыр щыджэгуахэм ящыщщ ­«Океан» (Штейн Александр и пьесэщ), «Щхьэ­закъуэ» (Минурин Туфан и пьесэщ) спектаклхэр. Актёр зэчийм Абдокъуэр киноми хуишауэ щытащ. Апхуэдэу, ар хэтащ «Колокол священной кузни» фильмым. Абы Провокато­рым и ролыр щигъэзэщIащ. Маталио ­къигъэщIа образ гъэщIэ­гъуэным папщIэ Абхъаз Республикэм щIыхь зиIэ и артист цIэри къы­хуагъэфэщауэ щытащ. Мы илъэсым Абдокъуэ Маталио театрым къыIукIыжащ. Арами, абы зэрыпыщIауэ щыта илъэс ­56-м ­къриубыдэу, режиссёрым спек­так-ли 155-рэ игъэуващ. Ахэр я жанркIи, бзэ зэрыгъэувамкIи зэмылIэужьыгъуэщ. Пьесэхэм яхэтщ езы Мата­лио и Iэдакъэ къыщIэкIахэри, урыс, хамэ къэралхэм щыщ драматург­хэм я тхыгъэхэри. Апхуэдэщ «Клят­ва Махмуда», «Анэхэр гъын хуейкъым», «Хочу присниться тебе» (Абдокъуэ Маталио), «Не всё коту масленница» (Островский А.), «Черкесский кинжал» (Абрамцев К­.),­­ «Проделки Скапена» (Мольер Ж.-Б.), «Глаз Великана», «Волшебный напёрсток» (Дэбагъуэ М.), «Пауки» (Уэхъутэ А.) нэгъуэщIхэри. Псом хуэмыдэу езы Маталио къыхигъэщ зэпытщ драматургие Iуэ­хукIэ зыдэлэжьа, «Черкес хэку» газетым и редактор нэхъыщхьэу щы­та, творческэ зэчиишхуэ зыбгъэдэлъа Дэбагъуэ Мухьэмэд. - Адыгэ театрыр зэфIэувэным, зиужьыным икъукIэ хэлъхьэныгъэ ин хуищIащ Дэбагъуэ Мухьэмэд. Драматургие и лъэныкъуэкIэ абы и зэфIэкIыр лъагэт. Мухьэмэдрэ сэрэ ди пьесэ 13 зэрыхуа сборник къыдэдгъэкIауэ щытащ, - къыхегъэщ Маталио. Режиссёрым зэрыжиIэмкIэ, ­игъэу­ва теплъэгъуэхэм ящыщ ­гуэрхэр хэIэтыкIауэ къыхигъэщ­хь­э­хукIыныр нэхъ гугъущ. - Спектакль къэскIэ уи къару, уи гупсысэ щыхэплъхьэкIэ, ар ууей мэхъу, ар къэплъхуа сабийм хуэдэщ, - жеIэ режиссёрым. Нобэ Маталио усэ тхынми дехьэх. Абы зэрызиумысыжымкIэ, усэм илъэситху хуэдиз хъуауэ зы­Iэпешэ. КъызэрыхигъэщымкIэ, усыгъэр урысыбзэкIи адыгэбзэкIи ­къыхуокIуэ. Нэхъыбэм и тхыгъэхэр лирикэ темэм епхащ. Ауэ зауэ, хэку фIылъагъуныгъэ темэхэри и Iэрытх­хэм хэтщ. Усэхэм ущыхэплъэкIэ, наIуэ къыпщохъу Маталио зауэм ­хуиIэ лъагъумыхъуныгъэр. Абы и IэдакъэщIэкIхэм къахощ зауэжьым адэншэу къигъэна сабийхэм я гу­къеуэр… Маталио ящыщщ зи лэжьыгъэр лэжьапIэу къэзымылъытэ, атIэ ар гъа­щIэ зыхуэхъуахэм. - ЗэрысщIэжрэ театрыр си гъащIэу сыпсэуащ. Си гъащIэм и Iыхьэ нэхъыбэр аращ щызгъэкIуар. Нобэ сымылэжьэжми, пычыгъуэ гуэрхэм селэжьу, зэзгъащIэу е згъэуву, репетицэ диIэу, театрыр ноби си пщIыхьым хэтщ, - къыщIегъуж Абдокъуэм и псалъэм. ГЪУКIЭКЪУЛ Иринэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "515.txt" }
АДЫГЭ ХЭХЭСХЭМ Я IУЭРЫIУАТЭ ЕмыкIу сыкъимыщIмэ ЩIалэ гуэр ежьащ: «Си благъэ, си ныбжьэгъу зэзгъэлъагъунщ», - жери. И благъи и ­ныбжьэгъуи зригъэлъагъури, ­гъуэгу къытехьэжауэ къыздэ­кIуэ­жым, зы жылэ къы­б­лэкIыжын хуейти, дидзыхащ. Жылэм лIы цIэрыIуэ гуэр дэсти, ар зригъэцIыхун мурад ищIащ щIалэм. ЩIэупщIэри, лIы цIэрыIуэм и унэр кърагъэлъэгъуащ. Куэбжэм Iухьауэ, зы пщащэ къыIущIащ: - Еблагъэ, ди хьэщIэ, - жери. Пщащэр къэIэбащ, шыр Iихыну. Шыр иритакъым. - Фи шэщыр сыгъэлъагъу, - жиIащ щIалэм. Шыр шэщым щIигъэзагъэри, хьэщIэщым ихьащ щIалэр. Бащлъыкъыр зы­щ­хьэрихри, пщащэм иритащ, щIакIуэри иритащ, щIопщри Iихыну къэIэбати, щIопщыр иритакъым. ЩIоп­щыр езым блыным фIи­дзащ. Пщащэр хьэщIэщым икIыж­ри, и адэм деж щIы­хьащ. И адэм зигъэсыма-джэти, хэлът. - ХьэщIэ диIэщ, ди адэ, - жиIащ пщащэм. - ХьэщIэ диIэмэ, хъарзы­нэкъэ, си хъыджэбз, - къыжриIащ и адэм. - Хуэп­щафIэ, Iэнэ хуэхьи, гъэхьэщIэ. ЩIопщыр зэрыпилъар зэгъэлъагъуи, къызжеIэж. ХьэщIэщым тригъазэри, щIалэм щIопщыр зэрыпилъар зригъэлъэгъуащ пщащэм. - ЩIопщыкIыр IэнэмкIэ гъэзауэ, щIопщыщхьэр бжэмкIэ гъэзауэ пилъащ, - жери пщащэм и адэм хъыбар хуихьыжащ. - Абы щыгъуэ ар щысын хьэщIэкъым, шхын хьэзыр диIэмэ, Iэнэ хуэхь, - къыж­риIащ лIым и пхъум. - Iэнэр пхьауэ хьэщIэщым укъыщикIыжкIэ, пIэм илъ щхьэнтэр къэублэрэкI. Iэнэр хьэщIэщым ирихьэри, къыщыщIэкIыжым, пIэм илъ щхьэнтэр иублэ­рэкIащ пщащэм. - Фи унэ сымаджэ илъ? - къеупщIащ щIалэ хьэщIэр, пщащэм щхьэнтэр щIиу­блэрэкIар къыгурыIуэри. - Ди адэр сымаджэу хэлъщ, - жиIащ пщащэм. - Фи унэ сымаджэ щилъ­кIэ, сэ Iэнэм сыбгъэдэ­сынкъым. ЕмыкIу сыкъимыщIмэ, фи адэм деж сихьэнурэ сыщIэупщIэнущ, - къэтэджыжащ щIалэр. ЩIалэм и псалъэр пщащэм и адэм хуихьыжащ. - Ар цIыху къилъхуащ, адыгэм игъэсащ, кърекIуи, къысщIреупщIэ - емыкIу сщIыркъым, - жиIащ лIым. ЛIы цIэрыIуэм деж ихьащ щIалэр. - Уи ныбжь Тхьэм ири­гъэкъу, си щIалэ, арэзы ­сыкъэпщIащ, - жиIащ лIым. - ХьэщIэщым гъэзэжи, ди ерыскъым хэIэбэ. ЛIы цIэрыIуэр зригъэ­­лъа­­гъущ, я ерыскъы зыIуи­гъахуэри, щIалэр ежьэжащ, зэман дигъэкIри, лIы цIэрыIуэм и пхъум лъы­хъуащ. ЛIы цIэрыIуэм и ­пхъур щIалэ Iущым къритащ. Ныш закъуэ ЗэныбжьэгъуитI я благъэ зыдэс къуажэ хьэщIапIэ ­кIуащ. Щхьэж и благъэ и унэ ихьащ зэныбжьэгъуитIыр, къыщыхьэщIэри ­къежьэжащ. КъыздэкIуэ­жым, зыр адрейм йоупщI: - Дауэ къыпIущIа уи благъэр, сыт уагъэшха? - Сагъэтхъащ, зыкъыс­трафыщIэжащ си благъэм: къэб шыпси, къэб лыбжьи, къэб гъэваи, къэб лэпси сагъэшхри, къэб жыли сагъэIункIащ. ЦIыху тхъэмэ, сагъэтхъащ! - жиIащ зым. - Сэ къызэрызэгугъуа щы­Iэкъым: ныш закъуэщ ягу пыкIар, - жиIащ адрейм. Шууэ хьэдрыхэ мэкIуэж Зы лIыжь, и ныбжь нэс­ри, дунейм ехыжащ. Ар зэрылIар щызэхихым, зэман дигъэкIри, щIалэ бза­джэ гуэр къежьащ. Бы­сымыр щымыIэу зрыригъэхьэлIэри, щIалэ бзаджэр зи тхьэмадэ лIа унэгуащэм деж еблэ­гъащ: - ХьэщIэ къихьэмэ, фи ­гуапэкъэ? - жери. - ХьэщIэ зи жагъуэ щыIэ! Еблагъэ! - гуфIащ унэгуа­щэр, Iэни къыхуищтащ. ЩIалэр шхэуэ здэщысым, унэгуащэр къеупщIащ: - Дэнэ укъикIрэ, ди хьэ­щIэ? - Хьэдрыхэ сыкъокI, - жи­Iащ щIалэм. - Дызыхуейуэ укъэдгъуэтащ, - гуфIащ унэгуащэр. - Си тхьэмадэжьыр нэгъа­бэ лIащ. Хьэдрыхэ ущримыхьэлIауэ пIэрэ? И хъыбар пщIэрэ? - СощIэ, - жиIащ щIалэм. - Махуэ къэси солъагъу. - Сыт и хъыбар? Жэнэтым нэсакIэ си тхьэмадэжьыр? - Жэнэтыбжэм Iутщ. Жэ­нэ­­тым щIагъэхьа щIыкIэкъым, - жэуап иритыжащ щIалэм. - Сыту пIэрэ къыдагъуэр? - гузэващ унэгуащэр. - Дыщэ хущощIэ, нэгъуэщI къыдагъуэркъым. - Дапщэ зыхущыщIэр? - Мыпхуэдиз, - жери зыхущыщIэр жриIащ. - НтIэ, щIалэфI, дыщэ тIэкIу диIэщи, хуздэхь. Си тхьэмадэжьым щхьэкIэ ды­зэблэн щыIэкъым, - жери унэгуащэм дыщэ къритащ щIалэм. - Хуздэсхьынщ, Iэрызгъэ­хьэжынщ. Зыхуейр зыIэригъэхьэри, щIалэр ежьэжащ. ЩIалэр ежьэжа къудейуэ, лIыр къэсыжащ. Я дыщэр хьэдрыхэ къикIа щIалэм зэрыритар и лIым жриIащ фызым: - Уи адэр дыщэ щхьэкIэ жэнэт бжэIупэм дауэ Iудгъэтын! - жери. - Иджыпсту езгъэжьэжа къудейщ щIалэр. - ДэнэкIэ здигъэзар? - МобыкIэ, - жери щIалэм здигъэзар къригъэлъэ­гъуащ. Шым зридзыжри, лIыр щIа­лэм кIэлъежэжьащ. ЩIа­лэр къызэплъэкIыурэ кIуэр­ти, шур ­къилъэгъуащ. И ужь къызэрихур къыгурыIуэнтэкъэ! Зы ­щIалэ къуий вэуэ хэтти, абы бгъэ­дэлъэдащ дыщэр зы­хьыр. - Мо шур плъагъурэ? - Солъагъу. - Къуийм теплъэ хъуркъым ар. Дэнэ щрихьэлIэми, щIопщыр трекъутэ. - НтIэ, лIо сщIэнур? - къэгузэващ къуийр. Гъуэгу Iуфэм зы жыг Iутт. - Уэ мо жыгым дэпщей, сэ пхъэIэщэкIыр субыдынщ. Къуийр жыгым дригъэпщейри, езым пхъэIэщэкIыр иубыдащ. Шур къэсащ. - Лъэс гуэр блэмыкIауэ пIэрэ мыбыкIэ? - еупщIащ шур пхъэIэщэкIыр зыIыгъ щIалэм. - БлэкIакъым: укъыщи­лъагъум, мо жыгым дэпщеяуэ тесщ, - жиIащ щIалэм. Шур жыгым бгъэдэлъэдащ: - Къех мыдэ! - жери. - Къуийм тхьэр къеуа? Сыт си лажьэр? - жиIащ жыгым тес вакIуэ щIалэм. - Къуий сылъыхъуэркъым сэ, къех жысIакъэ! - Сынехынукъым. - Укъехынукъэ? - Хьэуэ. - Уэ пхуэфI сыхъунщ сэ, пщафэкIэ укъеслъэфэхынщи! - жери лIыр епсыхащ, шы IумпIэр щIалэм къыIэщIилъхьэри, жыгым дэпщеящ. Шым зридзри, щIалэр щIэпхъуэжащ. Сыт ищIэжынт лIым: и щхьэр къыфIэхуауэ, и унэ ихьэжащ. - Дауэ хъуа? УлъэщIыхьа? - къыпежьащ унэгуащэр. - СылъэщIыхьащ, - жиIащ лIым. - Хьэдрыхэ нэс лъэсу дауэ згъэкIуэжынт: шым згъэшэсри, сутIыпщыжащ... И ужь фикI Шагуджхэ ейуэ Шумахуэ жари щIалэ лъэрызехьэ гуэр исащ Абэзэхэм. Бжьэдыгъупщым и пхъур лIы иритырти, ар зэхихри, Шумахуэ нысашэ джэгум кIуащ. Пщым и пхъур, пхъэ вакъэм иту, нысашэ джэгум къыхашэри, пщащэхэм къыхагъэуващ. Шумахуэ джэгум щIэкIуар арати, пщым и пхъур ирихьэжьэри ежьэжащ. И пхъур зэрырахьэжьар жраIащ пщым. Пщащэр нысашэ джэгум яхэзыхыфар зэрымылIыгъэншэр къыгурыIуэнтэкъэ пщым? КIэлъыпхъэрын щыхъум, пщым къажриIащ: - ФылъэщIыхьэнукъым. ФылъэщIыхьэми, къы­Iэ­щIэф­хыжыфынукъым. ИтIани кIэлъыпхъэращ пщащэр езыхьэжьам. Шумахуэ сэрэшым зэпрыкIри, яIэщIэкIащ. Пхъэрыр сэрэ­шым хэнащ, зэпрыкIыфакъым. Пщащэр ирагъэхьри, къагъэзэжащ. Я Iуэху зэрыхъуар пщым жраIащ. - ДахэкIэ ­ухэмызэгъамэ, абы IейкIэ къыпыпхын щы­Iэкъым, и ужь фикI, - къа­жриIащ пщым, и пхъур лIыгъэ зыхэлъ щIалэм зэрихьар и гуапэ хъуати. Жыг зыхухасэхэр Зы лIыжь жыг хисэрти, щIалэхэр къыщIэнэкIащ: - Жыг щхьэ хэпсэрэ: уи хьэдрыхэ кIуэгъуэщ, нобэ хэпсэ жыгым къыпыкIэнум щыщ пшхын уи гугъэ? - Сэ нобэ сшхыр си адэ­жьым хисауэ щыта жыгым къыпыкIэращ. Си ужь къи­нэнум яшхынур нобэ сэ хэссэ жыгым къыпыкIэнурщ, - жиIащ лIыжьым. ЛIыжь набгъэ Зы пщащэ ирахьэжьащ. ЩIалэ гуп кIэлъыпхъэращ пщащэр зыхьым. ЩIыхьакъым, я щхьэр фIэхуауэ къагъэзэжащ. Жылэм зы лIыжь набгъэ дэсти, щIалэ хуэмыхухэм къажриIащ: - Шым сывгъэшэси, гъуэгум сытевгъэхьэ. Ягъэшэсри, лIыжь набгъэр ежьащ. Пщащэр зыхь­хэр къызэплъэкIащ. Я ужьыр къэзыху шу закъуэр къыщалъагъум, пщащэр гъуэгум къытранэри, унэи­дзыхьэм я щхьэр щIахьащ: - Мы шум дыIэщIэукIэнущ, - жари. Пщащэр къихьыжри, лIы­жьыр жылэм дыхьэжащ. Пщащэр зейм яритыжри, лIыжь набгъэр и унэ итIысхьэжащ. Зыбжанэ дэкIауэ, пщащэр къэзымыхьыжыфа щIалэхэр егупсысащ: - Iэзэ дывгъаши, лIыжьым и нэр къэдвгъэгъэплъэж, - жари. ЛIыжьым деж Iэзэ яшащ: - Iэзэ къодгъэплъынурэ, уи нэр къэдгъэплъэжынущ, - жари. ЛIыжьым идакъым. - ­Сыт ­къысхувиIуэху: си нэр къэвгъэплъэжмэ, фэракъэ слъагъунур? - ­къажриIащ лIыжьым щIалэ хуэмыхухэм. Сэ сагъэшхэнщ, уэ уагъашхэ щыхъуакIэ Пщы гуэрым зыпхъу иIэт. Пщащэр сэхъуат, щхьэ­хынэт, и ани и ади хэзагъэртэкъым. ЩIалэ ахъырзэман гуэ­рым и хъыбар зэхихащ пщым. Пщым щIалэр къриджащ: - Зы шыщIэ мыгъасэ сиIэщ, схуэбгъэсэн? - жери. - Пхуэзгъэсэнщ, - жиIащ щIалэм. - Абы щыгъуэ мыри пхуэгъэсэнущ уэ, - жери пщым и пхъур щIалэм къритащ. Унэ ихьа щхьэкIэ, пщым и пхъум и хьэлыр зыхинакъым: зэрыщхьэхынэщ, зэ­рысэхъуам тетщ. Зы махуи, махуитIи, нэхъыби дэкIащ. ЩIалэр зы пщыхьэщхьэ къыдыхьэжри, и анэм еуп­щIащ: - Ди анэ, хэт ныщхьэбэ тхуэпщэфIар? - Сэращ. - Уэрамэ, уэ къэтIыси, дышхэнщ, - жиIащ щIалэм. НысащIэр Iэнэм къигъэ­тIысакъым: ­зэанэзэкъуэр шхэху, плIанэпэм дагъэ­тащ. КъыкIэлъыкIуэ пщыхьэ­щхьэми ар иращIащ. Ма­хуитI-щы дэкIри, пщым и пхъур къэдзыхащ. - Псыхьэ сыкIуэн, нанэ? - и гуащэм зыхуигъэбзэIэфIащ итIанэ. - КIуэ, си дахэ, - гуфIащ гуащэр. КIуэри, псы къихьащ. Жэ­мыр къишащ. ПщIантIэр ­ипхъэнкIащ. Унэр зэ­лъы­Iуихащ. ЕувалIэри пщэ­фIащ. Пщыхьэщхьэм щIалэр къыдыхьэжащ, Iэнэ къагъэувати: - Ныщхьэбэ хэт тхуэп­щэфIар? - жери щIэупщIащ щIалэр. - ТIури дыпщэфIащ, - къыжриIащ и анэм. - Абы щыгъуэ уи нысэри къэгъэтIыси, къыддрешхэ. «Сахыхьэнщи, си пхъум и Iуэху зытет зэзгъэщIэнщ», - жери пщыр къежьащ. И пхъур пежьащ пщым. - Дадэ, къэпхьIарэ? Зыгуэр къыумыхьмэ, мы унэм ущагъэшхэнукъым, - жриIащ и адэм. Пщыр дыхьэшхащ: - Сэ сагъэшхэнщ, уэ уа­гъашхэ щыхъуакIэ, - жери. Фызыжь Iущ Зы щIалэ пщащэ гуэр фIыуэ илъэгъуати, къишэнут, ауэ пщащэм и анэр жылэм зэрафIэбзаджэм щхьэкIэ лъыхъун тегушхуэртэкъым. Иужьым фызыжь Iущ гуэрым ечэнджэщащ: - Мыпхуэдэ пщащэр къэс­шэнущ, и анэр цIыхум яфIэбзаджэщи, и пхъур зэрыхъунур сщIэркъым, - жери. - Зи гугъу пщIы пщащэм я гупэкIэ мей жыгитI итщ, зэбгъурытыпэу. Шууэ кIуэи, уи шыр мей жыгитIым я зэхуаку пхудэгъэкIмэ, еплъ. Абы ущелIалIэкIэ, пщащэм и анэм укъилъагъунщи, къыдэкIынщ. ЖепIэнур уэ пщIэжынщ, - къигъэIущащ фызыжь Iущым щIалэр. Шууэ кIуэри, мей жыги­тIым ирихулIащ щIалэм. Шыр жыг зэхуакум худэмыкIыурэ, зыкъомрэ елIэлIащ. Пщащэм и анэр пщIантIэм къыдэкIащ: - Сыт узэлIалIэр? - жери. - Мы си шым и анэр мы жыгитIым я кум дэкIауэ щытащ. Мыр схудэкIыркъыми, аращ сызэлIалIэр, - жэуап етыж щIалэм. - И анэр дэкIамэ, мыри дэкIынщ, - къыжриIащ фы­зым. Пщащэм и анэм къыж­риIар фызыжь Iущым къы­хуихьыжащ щIалэм. - Абы щыгъуэ, си щIалэ, пщащэр къэзылъхуам хуэдэ хъужынщ. Иджы уэ пщIэ­нумкIэ ухуитщ, - къыжриIащ фызыжь Iущым.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "516.txt" }
«Бзэ куэд зыIурылъ Пушкин» Апхуэдэ фIэщыгъэр зиIэ махуэшхуэ зэхыхьэ иджыблагъэ щекIуэкIащ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым. ЕджапIэ нэхъыщхьэм и пресс-IэнатIэм хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, ар теухуауэ щытащ урыс усыгъэм и вагъуэ Пушкин Александр къызэралъхурэ илъэс 220-рэ зэрырикъум. ХьэщIэ лъапIэ, хьэлэмэт куэд къеблэгъат университетым а махуэм. Абыхэм яхэтт Онегин Евгений, Ларинэ Татьянэ, урыс щоджэныр, Балда, Къыу Гуащэр, Елисей пщы щауэр, СулътIан пащтыхьыр усакIуэ гъуэзэджэм и тхыгъэ уахътыншэхэм хэт нэгъуэщI персонажхэр. Ахэр зыр адрейм хэбгъэгъуэщэнкIэ е къыумыцIыхункIэ Iэмал иIэтэкъым, апхуэдизу къызыхуэтыншэу хуэпат икIи псалъэрти. Абыхэм къахэщырт езы Пушкин дыдэри. А литературэ лIыхъужьхэм я теплъэр яфIэхьэлэмэту абыхэм якIэлъыплъырт Пушкиным и усэхэм къеджэну гукъыдэж яIэу университетым щызэхуэсахэр: студентхэр, пэщIэдзэ классхэм щеджэхэм къыщыщIэдзауэ класс нэхъыжьхэм щIэс школакIуищэхэр. УсакIуэшхуэм и фэеплъ махуэр гъэлъэпIэныр къыхэзылъхьа Президент грантхэм я фондым мы гъэм ар нэхъ зыубгъуауэ иригъэкIуэкIащ. Къапщтэмэ, адрей илъэсхэм къащхьэщыкIыу, Пушкиныр зэуэ бзэ куэдкIэ «къыщагъэпсэлъащ» Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм хиубыдэ Налшык, Ставрополь, Мэхъэчкъалэ, Карачаевск, Магас, Грознэ, Владикавказ къалэшхуэхэм. Iуэхугъуэм къызэщIиубыдащ лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм ящыщ цIыху минхэр. И усэ-уэсятхэм ящыщ зым, «Я памятник себе воздвиг нерукотворный» фIэщыгъэр зиIэм, Пушкиным щыжиIауэ щытащ абы и къалэмыпэм къыпыкIа усэхэр щIыпIэ куэдым зэрынэсынур, ахэр бзэ куэдкIэ зэрыIунур. Апхуэдэ дыдэу къыщыхъуащ КъБКъУ-м. Университетым зэхыхьэ гукъинэр къызыхуэтыншэу щегъэкIуэкIыным я гуащIэ ирахьэлIащ Кавказ Ищхъэрэм и еджапIэ нэхъыщхьэхэм я студентхэм я зэгухьэныгъэм хэтхэмрэ КъБКъУ-м урысыбзэмкIэ и кафедрэм и лэжьакIуэхэмрэ. «Ди лъэпкъхэм яку дэлъ зэныбжьэгъугъэм и лъабжьэр ди тхыдэм къыщожьэ» щIыналъэпсо проектым къриубыдэу ирагъэкIуэкIащ Iуэхугъуэр. Ар къызэгъэпэщакIуэхэм къазэрехъулIари наIуэ дыдэт. А махуэм Пушкиным и усэхэр еджапIэм къыщожьэ бзэ 15-кIэ: урысыбзэкIэ, адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, хьэмшэриибзэкIэ, инджылызыбзэкIэ, нэмыцэбзэкIэ, франджыбзэкIэ, испаныбзэкIэ, тыркубзэкIэ, хьэрыпыбзэкIэ, кореибзэкIэ, ермэлыбзэкIэ, куржыбзэкIэ, пуштуубзэкIэ, эсперантэ бзэмкIэ. Псори зэхэту къапщтэмэ, КИФЩI-м хыхьэ субъектиблым Пушкиныр «къыщыпсэлъащ» лъэпкъыбзэ 48-кIэ. ЩIыналъэпсо зэпеуэм и екIуэкIыкIэм кIэлъыплъащ къэпщытакIуэ гуп щхьэхуэ. Зэпеуэм и кIэухым абыхэм наIуэ къащIащ зэхьэзэхуэм къыхэжаныкIахэр. Абыхэм хуагъэфэщащ щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр, Пушкиным и усэхэр зэрыт, усакIуэшхуэм и гъащIэмрэ творчествэмрэ щызэпкърыха тхылъхэмкIи яхуэупсащ. Махуэшхуэм нэхъыфI дыдэу зыкъыщызыгъэлъэгъуахэр ирагъэблэгъэнущ «Ди лъэпкъхэм яку дэлъ зэныбжьэгъугъэм и лъабжьэр ди тхыдэм къыщожьэ» щIыналъэпсо проектым къепхауэ лажьэ дунейпсо школым и лэжьыгъэм. ЖЫЛАСЭ Маритэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "517.txt" }
Я Iэзагъэм хагъахъуэ Зэхыхьэхэр Мы махуэхэм Налшык щекIуэкIащ анестезиемрэ интенсивнэ терапиемрэ ятеухуа урысейпсо егъэджэныгъэ форум. Зэхыхьэм хэтащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэ псоми къикIа IэщIагъэлIхэр. Абы и пашэу щытащ медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, Акушер анестезиолог-реаниматологхэм я зэгухьэныгъэм и президент, Владимирский М. и цIэр зезыхьэ клиникэ институтым и кафедрэм и профессор, Узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэм и IуэхущIафэхэм кIэлъыплъынымкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм анестезиологиемрэ реаниматологиемкIэ и эксперт Шифман Ефим. ЗэIущIэм дохутыр анестизиолог-реаниматологхэм, трансфузиологхэм, акушер-гинекологхэм къахуэщхьэпэн Iуэхугъуэ куэдым щытепсэлъыхьащ. IэщIагъэлIхэм и гугъу ящIащ щхьэж и унэтIыныгъэм щекIуэкI зыужьыныгъэхэм, медицинэм къыхыхьэ IэмалыщIэхэр я лэжьыгъэм къызэрыщагъэсэбэпым, нэгъуэщIхэми. КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Хъубий Марат дохутыр-щIэныгъэлIхэм фIыщIэ яхуищIащ медицинэ лэжьакIуэхэм я Iэзагъэм хагъэхъуэнымкIэ ирагъэкIуэкI Iуэху щхьэпэм папщIэ, апхуэдэуи IэнатIэм зыщрихьэлIэ щытыкIэ гугъухэм къикIынымкIэ сытым дежи чэнджэщ зэрыщагъуэтымкIэ. «УнэтIыныгъэ хэхам зиужьынымкIэ медицинэ зэгухьэныгъэм иригъэкIуэкI лэжьыгъэм и зы щапхъэщ нобэрей форумыр», - жиIащ министрым. ЩхьэщэмыщI Изэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "518.txt" }
Лъэпкъ Iущыгъэм и щIэнгъуазэ ТхылъыщIэ Бгырыс лъэпкъхэм я IуэрыIуатэр, шыпсэр, таурыхъхэр, хъыбарыжьхэр иту томищ хъу къыдэкIыгъуэ Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм иджыблагъэ дунейм къыщытехьащ. «Легенды и предания» фIэщыгъэм щIэт япэ къыдэкIыгъуэм ихуащ революцэм и пэ къыдэкIа тхылъхэм ит хъыбар нэхъыфIхэр. ЕтIуанэрейр, «Сказки кабардинского народа» тхылъыр, къэплъытэ хъунущ адыгэ таурыхъхэр щызэхуэхьэсауэ щыIэ тхылъ нэхъ инхэм ящыщу. «Сказания горских народов» ещанэ тхылъым 1869-1935 гъэхэм урысей IуэрыIуатэдж цIэрыIуэ Баранов Евгений зэхуихьэсу 1917 гъэм къыдигъэкIауэ щыта тхылъым (иужькIэ тхылъыр зэрыщыту къыдагъэкIыжауэ щытакъым) ихуахэм ящыщкIэ зэхагъэуващ. Тхылъищри я теплъэкIи я зэхэгъэувэкIэкIи зыхуей хуэзэу дунейм къытехьащ, псори зэрыхъур экземпляр 300 къудейщ. Щомахуэ Залинэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "519.txt" }
Тхьэмадэ Iумахуэ Лъытэгъуейщ КъардэнгъущI Зырамыку и гуа­щIэ­дэкIыр - ар апхуэдизкIэ инщ, зэмылIэужьыгъуэщи. Зы­рамыку и къалэмыпэм къыщIэкIауэ дунейм къы­техьащ пасэрей адыгэ уэрэдыжьхэмрэ нэгъуэщI IуэрыIуа­тэхэмрэ щызэхуэхьэса тхылъ купщIафIэ куэд. АБЫХЭМ ящыщщ Андемыркъан и хъыбархэр щызэхуэ­хьэса тхылъыр (зэхуэзыхьэсыжари зытхыжари езы Зырамыкущ). Къару ин дыдэ ирихьэлIащ Зырамыку пасэрей адыгэ уэрэдыжьхэр зэхуэхьэсыным - ахэр ди деж къэсамэ, псом япэрауэ, зи фIыщIэр КъардэнгъущI Зы­рамыкущ, ар мыхъуамэ, нобэрей щIэблэр щыгъуэзэнутэкъым ижь-ижьыж лъандэрэ ди лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуа пасэрей уэрэдыжьхэм, абыхэм я макъамэхэри цIыхухэм ящыгъупщэжагъэнт. Дунейм тетыху, Зырамыку зыщIэкъуари зыхуэлэжьари аращ - адыгэ IуэрыIуатэм и фIыпIэр хэIущIыIу щIынырщ. Ар къехъулIащ Зырамыку - нобэрей щIэблэм хуихъумащ ди IуэрыIуатэм и хъугъуэ­фIыгъуэхэр. Аркъудейри пхурикъунущ Зырамыку и гуа­щIэдэкIыр зэрыин дыдэр къыбгурыIуэн щхьэкIэ. Куэдым къызэранэкIыфыркъым апхуэдэ гуащIэдэкI, ар зыхузэ­фIэкIыр ди IуэрыIуатэм куууэ щыгъуазэ, ар гурэ псэкIэ зыхэзыщIэ лэжьакIуэ Iумахуэрщ. Апхуэдэ лэжьакIуэт Зы­рамыку, аращ абы и IэдакъэщIэкIхэм я мыхьэнэр щIэлъы­тэгъуейр. Адыгэ IуэрыIуатэр, псалъэм папщIэ, уэрэдыжьхэмрэ псалъэжьхэмрэ, зэхуэхьэсыным и закъуэкъым Зырамыку зи ужь итар: зи гупсысэр жан, зи гур мызагъэ щIэныгъэлI цIэрыIуэт ар - абы и къалэмыпэм къыщIэкIащ ди Iуэры­Iуатэм и купщIэмрэ и лъэпкъ фащэхэмрэ щихутэ тхыгъэ хьэлэмэт зыбжанэ. Абы и лъэныкъуэкIэ гъэщIэгъуэнщ ­Андемыркъан къыдэгъуэгурыкIуа хъыбархэр Зырамыку щихутэ тхыгъэр. Зырамыку хузэфIэкIащ лIыхъужь цIэ­рыIуэр щыпсэуа зэманыр игъэбелджылын - Зырамыку и пэкIэ зыми къехъулIакъым ар. Шэч зыхэмылъращи, пасэрей адыгэ уэрэдхэм я куп­щIэмрэ япкърылъ гуащIэмрэ сэтей къэщIынымкIэ Зырамыку пэхъун бгъуэтынукъым - абы къыхуигъэщIат ар. Шортэн Аскэрбий къызэриIуэтэжамкIэ, абырэ Зырамыкурэ кIахэ адыгэхэм я деж еблэгъауэ, КIэрашэ Тембот Зырамыку къелъэIуауэ щытащ: «Лабэдэсхэм я гъыбзэм» дегъэдаIуэ», - жери. Езыми зыхилъхьэ щыIэтэкъым а уэрэдыр - къыхи­дзащ. Гъыбзэр и кIэм нигъэсыху, КIэрашэ Тембот и нэпсыр зэпыуакъым… Ар хузэфIэкIырт Зырамыку: уигури уи псэри итхьэкъурт, уэрэд къыхидзэмэ. ГуащэхужькIэ зэджэ пщащэ цIэрыIуэ исыгъащ Беслъэнейм, абы и хъыбар итхыжащ урыс тIасхъэщIэх Торнау ­Фёдор (лъэпкъкIэ нэмыцэщ, адыгэпхъу щхьэгъусэ ищIауэ щытащ). Гуащэ дахэкIейр зэпаубыдри, зэкъуэшитI зэщыхьэжащ - Аслъэнджэрийрэ Адэлджэрийрэ (тIури къэбэрде­ипщт, Кавказ зауэм и зэманым КIахэм Iэпхъуауэ абы щызауэрт). Гуащэхужь и хъыбар теддзауэ щытащ «Адыгэ псалъэм», абы еджа нэужь, Зырамыку къэпсэлъащ: «Аслъэнджэрийрэ Адэлджэрийрэ я уэрэдым фыщыгъуазэ?» - жери. Дызэрыщымыгъуазэр жетIащ, апхуэдэ уэрэд ди деж къэсауи тщIэххэртэкъым. Уэрэдыр Зырамыку ихъумауэ къыщIэкIащ - ари теддзащ газетым. Дызэрыщыгъуазэщи, пасэрей адыгэ уэрэдыжьхэм ­хъыбар хьэлэмэтхэри къадогъуэгурыкIуэ. Хъыбархэм ­къаIуатэ уэрэдыр къежьэнкIэ щIэхъуар, ар зытеIукIар. Апхуэдэ хъыбар зыщIыгъу зы уэрэди ущрихьэлIэнукъым Зырамыку деж. Уэрэдыр къыхидзэрэ и кIэм нигъэсамэ, абы щIыгъу хъыбарри иIуатэрт Зырамыку - фIыуэ щыгъуазэти. Уэрэдымрэ абы къыдэгъуэгурыкIуэ хъыбарымрэ зэи зэкIэщIичыртэкъым Зырамыку: хъыбарыр щIымыгъумэ, уэрэдыр къыбгурымыIуэнкIэ зэрыхъунур ищIэрт - ар узытеплъэкъукI мыхъун хабзэт. Апхуэдэщ КъардэнгъущI Зырамыку - и уэрэдхэри, и гъащIэ гъуэгуанэри, и дуней тетыкIари. Апхуэдэущ Зырамыку ди гум къызэринар - ар ди лъэпкъым зэи щыгъупщэнукъым. КЪЭРМОКЪУЭ Хьэмид. Сурэтыр Гъыдэ Валерэ ищIащ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "52.txt" }
Урысейм и махуэр ягъэлъапIэ Ди къэралым и щIыналъэ куэдми хуэдэу, мэкъуауэгъуэм и 12-м Урысейм и махуэр Къэбэрдей-Балъкъэрым Iэтауэ щагъэлъэпIащ. Къэбэрдейр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 400 зэрырикъуам и щIыхькIэ щыIэ утым къалэдэсхэр, КъБР-м и Парламентым, Правительствэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ лъэпкъ щэнхабзэ центрхэмрэ я лIыкIуэхэр къыщызэхуэсат. Лъэпкъ фащэхэмкIэ хуэпарэ я ныпыр хуарзэу яIыгъыу абы лъэпкъ куэдым я лIыкIуэхэр щыплъагъукIэ ди щIыналъэр зэныбжьэгъугъэм и лъахэу зэрыщытыр наIуэ пщыхъурт. Гуп зэрыIыгъыр утым икIри, махуэшхуэ концертым адэкIэ щыпаща Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм нэс ирикIуащ. Абы и гупэм къыщызэрагъэпэщат сурэтыщI ныбжьыщIэхэм, прикладной гъуазджэм хуэIэзэхэм, сабий сурэтхэм я гъэлъэгъуэныгъэ. Махуэшхуэ концертыр къызэIуихащ ар зи жэрдэмкIэ къызэрагъэпэща Жылагъуэ палатэм и тхьэмадэ Берд Хьэзрэталий. Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ. Щомахуэ Залинэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "520.txt" }
Дунейм щыхъыбархэр Тхьэмахуэм къриубыдэу махуиплIкIэ фIэкIа мылэжьэну Мэкъуауэгъуэм и 11-м Женевэ (Швейцарие) щекIуэкIащ ЛэжьыгъэмкIэ дунейпсо конференцым и 108-нэ зэIущIэр. Абы къыщыщыпсалъэу, УФ-м и Правительствэм и УнафэщI Медведев Дмитрий жиIам яфIэгъэщIэгъуэну топсэлъыхь IэнатIэщIэхэр къызэIухыным, цIыхухэр лэжьапIэ гъэувыным пыщIа IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэр, ар зэхьэлIа цIыху къызэрыгуэкIхэр. «Угугъэ зэрыхъунумкIэ, социальнэ-лэжьыгъэ зэгурыIуэныгъэм и лъабжьэ зэман гъунэгъум хъуну къыщIэкIынущ махуиплIкIэ фIэкIа цIыхухэр щымылажьэ тхьэмахуэр», - жиIащ Урысейм и Премер-министрым. Абы къызэрилъытэмкIэ, дунейм IэмэпсымэщIэхэр, технологие ехьэжьахэр къыщагъэсэбэп зэрыхъуам игъэмащIэр IэнатIэ Iутхэм я бжыгъэм и закъуэкъым, атIэ зыгуэр къыщIэбгъэкIыным лэжьэгъуэ зэману текIуадэри нэхъ мащIэ ещI. Дунейпсо экономикэр а Iуэхум зэрыхуэ­хьэзырым иджы иризодауэ IэщIагъэлIхэр. НэхъыбапIэм къалъытэ дунейпсо экономикэр махуиплI фIэкIа мыхъу лэжьэгъуэ тхьэмахуэ зэхуакум нэмысауэ. ЛэжьыгъэмкIэ Урысейпсо щIэныгъэ-къэхутакIуэ интситутым къызэрыщалъытэмкIэ, цIыхур махуэм къриубыдэу зэрылажьэ сыхьэт бжыгъэр бгъэмэщIэнми, лэжьэгъуэ тхьэмахуэр нэхъ кIэщI пщIынми фIы лъэпкъ кърикIуэнукъым. Япэрауэ, ди къэралым къыщагъэсэбэп технологиехэр абы нэсакъым - цIыху щымылажьэми хъуну, псори автоматхэм щызэфIагъэкIыну IэнатIэхэр Iэпэ зырызкIэ къыпхуэбжынущ, етIуанэрауэ, апхуэдэу ящIыну яхузэфIэкIрэ лэжьэгъуэ махуиплIым хуэкIуапэми, IэнатIэ къыIунэнухэм я улахуэм хэпщIыкIыу кIэрыхунущ. «Апхуэдэ щIыкIэкIэ гуащIэрыпсэухэм зэры­зыщIагъэкъуэнур ахэр нэхъыфIу ягъэпсэуным хущIэкъуу жызыIэхэм?!» - я мыарэзыныгъэр къагъэлъагъуэ цIыхум и хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэм. Вице-премьер Голиковэ Татьянэ ар къызэрыщыхъум трагъэпсэлъыхьыну зыщыхуагъазэм къыхигъэщащ апхуэдэ Iуэху къыдэпхын папщIэ зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр егъэкIуэкIын зэрыхуейр, абы лэжьыгъэм ехьэлIа законодательствэри хэту. КъимыдэкIэ, Iуэху нэхъыщхьэу мыбдежым къыщыувынур цIыхум иратын хуей социальнэ дэIэпыкъуныгъэхэм хэгъэхъуэнырщ, IэнатIэ Iутхэм я лэжьапщIэм кIэрымыхуным теухуа шэсыпIэхэр гъэувынырщ. Электрон дипломхэр Урысейм и еджапIэ нэхъыщхьэхэр къэзыуххэм 2021 гъэм къыщыщIэдзауэ электрон дипломщ иратынур. А хабзэщIэр гъэунэхуным мы гъэм щIадзащ - къэралым и еджапIэ нэхъыщхьэу тхур къэзыуххэм апхуэдэ дэфтэрщ яIэрыхьэжынур. УФ-м еджапIэ нэхъыщхьэ къызэрыщаухам щыхьэт техъуэу щата дипломхэм я Iыхьэ щанэр нэпцIщ, жаIэ экспертхэм. Аращи, а Iэмалыр икъукIэ къахуэщхьэпэну къалъытэ цIыху щIэныгъэншэхэм яхуэмыфащэ къулыкъухэр ямыубыдынымкIэ. «Электрон дипломхэр къэзымылэжьахэм къыдахынымкIэ Iэмал гуэри щыIэкъым. Абы папщIэ къагъэсэбэпащ блокчейн технологиер, - щыжаIащ УФ-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэм. - Университет къэзыухам и щIэныгъэр здынэсыр, ар къыхиха IэщIагъэм зэрыхуэхьэзырыр IэнатIэ зытхэм иджы тыншу къащIэфынущ интернеткIэ». Нобэ ♦Лъы зытым и дунейпсо махуэщ ♦Блогерым и дунейпсо махуэщ ♦УФ-м Iэпхъуэшапхъуэхэм я Iуэхухэр зэкIэлъызыгъакIуэ и къулыкъущIапIэм и лэжьакIуэм и махуэщ ♦США-м щагъэлъапIэ я къэрал ныпым и махуэр. Ар 1916 гъэм ягъэуващ. ♦1775 гъэм США-м и дзэр къызэрагъэпэщащ. ♦1834 гъэм Америкэм щатащ пшахъуашхэр къызэрыщагупсысам теухуа тхылъ. ♦1859 гъэм Шэшэныр Урысей империем хыхьащ. ♦1891 гъэм Сыбыр гъущI гъуэгушхуэр ухуэн щIадзащ. ♦1897 гъэм Урысей император Николай ЕтIуанэм унафэ къыдигъэкIащ фабрикэхэм, заводхэм, нэгъуэщI IуэхущIапIэхэм тхьэмахуэ махуэр мылэжьэгъуэ махуэу щыгъэувыным теухуауэ. ♦1898 гъэм Урысейм щыяпэу лэжьэгъуэ махуэм и кIыхьагъын хуейм теухуа унафэ къыщащтащ. Абы ипкъ иткIэ, цIыхур зы жэщ-махуэм зэрылажьэр сыхьэт 11,5-м щIигъун хуейтэкъым. ♦1905 гъэм «Князь Потёмкин Таврический» урысей кхъухьым цIыхухэр къыщызэрыIэтащ. ♦1919 гъэм къэралым и Советхэм я съездым къыщащтащ Венгрие совет республикэм и конституцэр. ♦1936 гъэм КъБАССР-м гъуазджэхэмкIэ и управленэр къызэрагъэпэщащ. ♦1940 гъэм Франджы командующэ нэхъыщхьэ Вейган Максим и унафэкIэ, зауэ хэмыту, Париж къалэр нэмыцэ фашистыдзэм иратащ. ♦1941 гъэм Латвием, Литвам, Эстонием щыпсэу куэд дыдэ яубыдурэ я щIыналъэхэм залымыгъэкIэ кърашащ. А къэралхэм ягу къыщагъэкIыж Прибалтикэм и цIыхубэм политикэ залымыгъэ щыкIэлъызэрахьа а зэманым хэкIуэдахэр. ♦1995 гъэм Басаев Шамиль зи пашэ, щIэпхъаджащIи 195-рэ хъу гупым Будённовск сымаджэщым цIыху 1600-м щIигъу гъэру щIаубыдауэ щытащ. ♦1928 гъэм къалъхуащ и хэку Аргентинэм и мызакъуэу, Латин Америкэ щIыналъэм, уеблэмэ дунейм и къэрал псоми цIэрыIуэ щыхъуауэ щыта революционер Эрнестэ Че Геварэ. ♦1946 гъэм къалъхуащ США-м и президент, мелардырыбжэ Трамп Дональд. ♦1951 гъэм къалъхуащ урысей кинорежиссёр, УФ-м и цIыхубэ артист Сокуров Александр. ♦1955 гъэм къалъхуащ адыгей усакIуэ, драматург, егъэджакIуэ ЛIыхэс Мухьдин. ♦1956 гъэм къалъхуащ киноактрисэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ Сафоновэ Еленэ. ♦1964 гъэм къалъхуащ усакIуэ, журналист Хьэщыкъуей Олег. ♦1958 гъэм къалъхуащ лъэрыжэкIэ къызэдэжэн спорт лIэужьыгъуэмкIэ тхуэнейрэ олимп чемпион хъуа, США-м щыщ Хайден Эрик. ♦1969 гъэм къалъхуащ нэмыцэ теннисисткэ цIэрыIуэ, Олимп джэгухэм дыщэ, дыжьын, жэз медалхэр къыщызыхьа, нэгъуэщI дунейпсо зэпеуэ куэдым щытекIуа Граф Штеффи. ♦1971 гъэм къалъхуащ усакIуэ, «Нур» журналым и редактор нэхъыщхьэм и къалэнхэр зыгъэзащIэ Аброкъуэ Беллэ. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, пIалъэ-пIалъэкIэрэ уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 25 - 27-рэ, жэщым градус 16 - 17 щыхъунущ. Лъэпкъ Iущыгъэ: Гуэн нэщI щыIэщи, хадэ нэщI щыIэкъым. Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "521.txt" }
Iулъхьэ хьэмэрэ тегъэгушхуэныгъэ? Зым и дежкIи щэхукъым – дунейр зэтезыIыгъэхэм ящыщ зыщ Iулъхьэ тын-къеIыхыныр. ГъащIэм и дэнэ щIыпIи абы ущрохьэлIэ, арщхьэкIэ зэрыщыIэр ябзыщIмэ псоми нэхъ къащтэ. Iулъхьэм зэщIиIулIахэм ящыщщ спортри, ауэ ар къэпхутэну хуабжьу гугъущ, куэд дыдэр хуэIэижь хъуащи. Апхуэдэу щыт пэтми, «Спартак-Налшыкыр» зыхэт Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым хабзэм къемызэгъ щызылэжьахэр къыщыщIагъэщащ. Ар къыщыхъуар зэхьэзэхуэм пашэныгъэр щызыIыгъ «Чайка»-м Песчанокопскэ къуажэм щиIэ стадионым Новороссийск и «Черноморец»-р къыщригъэблэгъа накъыгъэм (майм) и 13-ращ. Зэпеуэр и кIэм щынэблэгъам и деж командэхэм зэIэрагъэхьэ очкохэм я уасэри хуабжьу доуей. Гъэ псом зыхунэмысар зэуэ зрагъэгъуэтыжыну куэд хущIокъу. Дауи, я мурадхэр зрагъэхъулIэн папщIэ языныкъуэхэр сыт хуэдэ Iэмалми хуэкIуэфынущ. Ар яфIэдурысу къыщIэкIащ мыгъэрей зэхьэзэхуэм зым адрейм къыпимыкIуэту бжьыпэм къыщызэдэгъуэгурыкIуа цIыху мин тIощIым фIэкIа щымыпсэу Песчанокопскэ къуажэм и «Чайка»-мрэ мелуаным щIигъу зыдэс Краснодар къалэм и «Урожай»-мрэ. Нэгъабэ и гъэмахуэм щIэзыдза зэхьэзэхуэр щиух мазэр хуабжьу гуащIэу щытащ пашэхэм я дежкIэ. ИмыщIэххэу, мафIэр къызэщIигъэплъащ «Спартак-Налшыкым». ЯпэщIыкIэ, мэлыжьыхьым (апрелым) и кIэухым Краснодар щыIэу ди щIалэхэм, зыми хуамыгъэфэщауэ, щIыпIэ «Урожай»-р ягъэлъэпэрэпащ. Куэдым къащыхъуауэ къыщIэкIынущ ди лъахэгъу зыбжанэ (Къалмыкъ Амур, Жылэ Ислъам, Абазэ Астемыр сымэ, нэгъуэщIхэри) зыхэт хэгъэрейхэм налшыкдэсхэр псалъэмакъыншэу къыпикIуэтыну икIи я очко бжыгъэм хагъэхъуэнымкIэ зэран мыхъуну. АрщхьэкIэ Трубицын Сергей и гъэсэнхэр къэгъэIурыщIэгъуафIэ хъуакъым икIи текIуэныгъэр зи Iэрылъхьэу пасэIуэу къэзылъыта краснодардэсхэр щIылъэм кърагъэувэхыжащ. «Урожай»-р хуабжьу ерыщу икIи къаруушхуэкIэ ебгъэрыкIуа пэтми, гъуащхьэтет икIи гупым и капитан Щоджэн Борис зи пашэ «Спартак-Налшыкым» зыкърыхигъэгъэщIакъым. ЗэIущIэр зэрытемыгъэкIуауэ иухащ икIи пашэныгъэм щIэбэн хэгъэрейхэм, ямыщIэххэу, очкоитI яфIэкIуэдащ. ЩIыхуэм щIигъанэу зэхуащIыжа «Кубань»-м и пIэкIэ урысейпсо утыкушхуэм «Урожай»-р къизыгъэхьэну мурад зыщIа Краснодар къалэм и унафэщIхэм я хъуэпсапIэр зэраIэщIэкIыр абы иужькIэ нахуэу къагурыIуащ. Зэхьэзэхуэр иухыным къэнэжар джэгугъуитху къудейт икIи зыгуэрхэр къэгупсысын хуейт. Къэнэжыр, яIэщэкI я хьэрхуэрэгъу нэхъыщхьэ «Чайка»-р къызэтегъэувыIэнырт, дяпэкIэ абы къыпэщIэувэнухэр мылъкукIэ тегъэгушхуауэ. Накъыгъэм и пэщIэдзэм Песчанокопскэм и командэр Налшык къэкIуащ. Ар Iэмал хъарзынэт къуажэдэсхэр къызэтрагъэувыIэну. Къэнэжа я хьэрхуэрэгъухэм ящыщу «Чайка»-м очко бжыгъэ гуэр фIэзыгъэкIуэдыфынур «Спартак-Налшыкымрэ» Новороссийск и «Черноморец»-мрэт. Апхуэдэу къэхъуатэмэ, «Урожай»-м и насып къикIынут икIи, бжьыпэр иубыдынурэ, зыщIэхъуэпс япэ дивизионым кIуэну Iэмал игъуэтынут. «Чайка»-ми налшыкдэсхэр ерыщу япэщIэтащ. Уеблэмэ ар хагъэщIэфынуи щытащ, ауэ зэрытемыгъакIуэу очкоитI зэрыфIагъэкIуэдари «Урожай»-м и дежкIэ Iуэхутхьэбзэшхуэт. А махуэ дыдэм, накъыгъэм и 4-м, Налшык нэхърэ сыхьэт ныкъуэкIэ щынэхъ кIасэу джэгун щрагъэжьащ Ставрополь къалэм. Абы щIыпIэ командэм къыщригъэблэгъат Краснодар и «Урожай»-р. КъыкIэрыхухэм иджыри къэс яхэта хэгъэрейхэр а зэIущIэм очко бжыгъэ гуэр щыхуэныкъуэтэкъым икIи хьэщIэхэм Iэмал псори яIэт текIуэныгъэр яхьыну. Налшык щыIэу «Чайка»-м очкоитI а махуэм зэрыфIэкIуэдар къэзыщIа «Урожай»-м и футболистхэм иджыри сыхьэт ныкъуэ яIэт я мурадыр зрагъэхъулIэну. Бжыгъэр абы ирихьэлIэу 1:1-ти, зы топ закъуэ «Динамо-Ставрополь»-м худагъэкIыжын хуейуэ арат. Краснодардэсхэм, дауи, ипэкIэ зрачащ. АрщхьэкIэ текIуэн и пIэкIэ къыхагъэщIащ - хэгъэрейхэм Iэзэу къагъэсэбэпащ «Урожай»-м и зыхъумэжыныгъэр зэрагъэкIэщхъар. Арати, 1:2-уэ къыхагъащIэри, краснодардэсхэр щытыкIэ гугъу дыдэм ихуащ. ГугъапIэу къэнэжыр «Черноморец»-м «Чайка»-р Песчанокопскэ къуажэм щыхигъэщIэнырт. Ар тынштэкъым, ауэ яхузэфIэмыкIынуи щыттэкъым. АдэкIэ къэхъуаращ бэлыхьышхуэ къызэрыкIар. Урысей футболым щыхабзэщ, икIи ар къемызэгъыу къалъытэркъым, лъэныкъуитIыр щызэпэщIэувэкIэ зи сэбэп хэлъ ещанэм зыхуейр мылъкукIэ тригъэгушхуэу. ЗэрыжаIэмкIэ, «Урожай»-м и унафэщIхэм «Черноморец»-м и футболист нэхъыфI зыбжанэ къагъэгугъащ «Чайка»-р хагъащIэмэ, сом мелуан ныкъуэкIэ ягъэфIэжыну. 2019 гъэм накъыгъэм и 13-р урысей футболым и тхыдэм хыхьэфынущ Iулъхьэ щата зэIущIэр япэу къыщыщIагъэщауэ. Хабзэм и хъумакIуэхэр Iуэхум иджыри йолэжь икIи пыухыкIауэ зыми тебгъэчыныхьыфынукъым, ауэ абы кърикIуа япэ унафэхэм зыкъом къыбгурагъаIуэ. Арати, Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым щекIуэкI зэхьэзэхуэм и 27-нэ джэгугъуэм хыхьэ «Чайка» - «Черноморец» зэIущIэр блыщхьэм, накъыгъэм и 13-м, зэхагъэтащ, адрейхэр щэбэтым зэдэджэгуа пэтми. ГурыIуэгъуэт абы псори набдзэгубдзаплъэу зэрыхущытынур. Сыти жыIи, зэхэкIыфынут зэпеуэм пашэныгъэр щызыубыду япэ дивизионым кIуэну хуитыныгъэр къэзыхьынур хэтми. Джэгум гуащIэ дыдэу ирагъэжьащ. ДакъикъиплI дэкIауэ арат Нороссийск къикIа «Черноморец»-м бжыгъэр къызэIуихыу япэ щищам. Абы хэгъэрейхэр арэзы къищIынкIэ Iэмал иIэтэкъым - къыхагъащIэмэ, «Урожай»-м бжьыпэр яфIиубыдынут. «Чайка»-м и футболистхэр къаруушхуэкIэ ипэкIэ кIуэтащ. АрщхьэкIэ яхузэфIэкIар, загъэпсэхуну имыкI щIыкIэ, бжыгъэр зэхуэдэ ящIыжынырщ. Нэрылъагъут хэгъэрейхэм тыншу текIуэныгъэр къазэрыIэрымыхьэнур. Абы щыгъуэми ящIэрт «Урожай»-м и унафэщIхэм «Черноморец»-р мылъкукIэ зэрытрагъэгушхуар. ЗэIущIэм и етIуанэ Iыхьэм зыгуэр щIэн хуейт икIи хэкIыпIэр ахъшэ нэхъыбэж етауэ новороссийскдэсхэр къыдэхьэхынырт, армырамэ зэхьэзэхуэм бжьыпэр щаIэщIэкIынут, абы и гъусэуи къуажэ командэр япэ дивизионым хуэзышэ гъуэгури зэхуэщIа хъунут. Командэхэм загъэпсэхуу къихьэжа иужькIэ къэхъуар нобэр къыздэсым зэхагъэкI икIи абы щIэх кIэ иIэну къыщIэкIынукъым. «Черноморец»-м и футболистхэм къызэрымыкIуэ щыуагъэхэр яIэщIэкI хъуащ. Апхуэдэхэм ящыщ зым и зэранкIэ 62-нэ дакъикъэм судьям метр пщыкIузым и деж игъэлъэгъуащ. «Чайка»-м и гъуащхьауэ нэхъыфI Подбельцевым ар игъэзэщIэну дзыхь хуащIат, арщхьэкIэ топыр гъуэм дигъэкIыфакъым. Хэгъэрейхэм я ебгъэрыкIуэныгъэхэр нэхъ гуащIэж мэхъу, хьэщIэхэм яфIэмыфIыщэурэ захъумэж. Арати, 74-нэ, 81-нэ дакъикъэхэм сытми топитI дагъэкIри, Новороссийск и командэр 3:1-уэ хагъащIэ. Абы къокI пашэныгъэр къахуэнауэ икIи къыкIэлъыкIуэ зэхьэзэхуэр япэ дивизионым щыщIадзэну. Iуэхум хилъэфауэ зыкъэзылъытэжа Краснодар и «Урожай»-м и генеральнэ директор Градиленкэ Дмитрий Инстаграмым щиIэ и напэкIуэцIым а пщыхьэщхьэ дыдэм щитхащ «Чайка»-мрэ «Черноморец»-мрэ я зэIущIэм кърикIуа бжыгъэм хьэрэмыгъэ хэлъауэ гурыщхъуэшхуэ зэрыуигъэщIыр. Ар щIэдзапIэ яхуэхъури, къэралым и спорт газет нэхъыщхьэхэмрэ интернет-сайтхэмрэ ярыз хъуащ Песчанокопскэм къыщыхъуар куууэ щызэпкърах тхыгъэхэр. Дауи, Iуэхур нэсащ унафэщIхэми я деж. Урысей Футбол Зэгухьэныгъэм (РФС) и Iэтащхьэу ягъэувагъащIэ Дюков Александр къыкIэлъыкIуэ махуэм жиIащ «Чайка» - «Черноморец» зэIущIэм кърикIуар спорт зэпеуэныгъэм пэжыжьэу гурыщхъуэ зэрыщыIэр икIи Iуэхур зэхигъэкIыну МВД-м и пщэ зэрыралъхьар. ПсынщIэ дыдэу къызэрагъэпэщащ РФС-м и лэжьакIуэ гуп, нэхъапэм топджэгу цIэрыIуэу щытахэу Симонян Никитэ, Гершкович Михаил, Мирзоян Александр, Лексаков Андрей, Власов Андрей, Старцев Александр сымэ хэту. Къраджэурэ ахэр еупщIащ зэIущIэм щыджэгуа футболистхэм, абыхэм я тренерхэм, судьяхэм. КъищынэмыщIауэ, къытрагъэзэжурэ еплъыжащ зэIущIэр зэрекIуэкIа, топхэр зэрыдагъэкIа щIыкIэм. Комиссэр зэакъылэгъуу арэзы техъуащ «Чайка» - «Черноморец» зэпэщIэтыныгъэр спорт зэныкъуэкъуныгъэм зэрыпэжыжьамкIэ. Бэлыхь хэхуа командэхэми я Iуэху еплъыкIэр псынщIэу утыку кърахьащ. «Чайка»-р зи мылъкукIэ къэпсэу хьэрычэтыщIэ Чайкэ Андрей «Спорт-Экспресс» газетым и корреспондентым щепсалъэм къыхигъэщащ я хьэрхуэрэгъу нэхъыщхьэ Краснодар и «Урожай»-р, джэгупIэ губгъуэм къазэрыщыпэмылъэщам къыхэкIыу, административнэ Iэмалхэм зэрыхуэкIуар, апхуэдэ щIыкIэкIэ «Чайка»-р лъэныкъуэ ирагъэзу езыр япэ дивизионым кIуэн папщIэ. «Черноморец»-ми зытригъэхьэн идакъым икIи «Урожай»-м и хьэгъэщагъэу а псори къилъытащ. «Делагъэщ ар. Зэрытрах камерэхэмкIэ сыт и лъэныкъуэкIи узэда стадионым зыгуэр къыщыдбгъэдыхьэу ахъшэ къыдитауэ жыхуаIэм сытепсэлъхьыххэну сыхуейкъым, - пиупщIащ новороссийскдэсхэм я тренер нэхъыщхьэ, ди лъахэгъу ДыщэкI Хьэзрэт. – Фэ езыр фегупсыс апхуэдэ хъыбархэм хэт и фейдэ хэлъми. СызэригугъэмкIэ, «Урожай»-ращ». АрщхьэкIэ, Урысей Футбол Зэгухьэныгъэм а псалъэхэм щыщIэдэIуакъым. Я Iэтащхьэ Дюковым пасэу жиIахэр гъуазэ зыхуэхъуа гупым къэхъуа псори «езым зэхигъэкIмэ» нэхъ къищтащ. Арати, тхьэмахуищ нэхъ дэмыкIыу, Урысей Футбол Зэгухьэныгъэм и Къэзыпщытэ-тезыр тезылъхьэ комиссэм и унафэр мэкъуауэгъуэм и 7-м хэIущIыIу къэхъуащ. Абы ипкъ иткIэ, Новороссийск и «Черноморец»-м и тренер нэхъыщхьэ ДыщэкI Хьэзрэт футбол Iуэху илъэскIэ зэрихуэну хуимыту ягъэуващ. КъищынэмыщIауэ, а командэм и гъуащхьэхъумэхэу Юдин Иван, Пуляев Анатолий, гъуащхьэхъумэныкъуэ Резников Станислав сымэ илъэсищкIэ топ ягъэджэгунукъым. А псом ищIыIужкIэ, Краснодар и «Урожай»-м и генеральнэ директор Градиленкэ Дмитрий (зэрыфщIэжщи, абы Инстаграмым щитхахэращ псалъэмакъым и къежьапIэ хъуар) илъэскIэ футболым пэIэщIэ ящIащ, «Черноморец»-м хэтхэр мылъкукIэ нэхъапэжкIэ къыдихьэхыу зыхуей бжыгъэр зэIущIэм къыщыщIригъэдзыну зэрыхэтам папщIэ. Гурыщхъуэ зыхуащIхэм тезыр тралъхьэн папщIэ тегъэщIапIэ лъэщ хуейт. Апхуэдэ хъуащ «Черноморец»-м и футболистхэм ящыщ зыр. Абы мылъкукIэ трагъэгушхуахэми ар къызыбгъэдэкIахэми я цIэ-унэцIэр къриIуащ икIи жиIащ «Чайка» - «Черноморец» зэIущIэм и япэ Iыхьэр иухыу загъэпсэхуну икIа иужькIэ, хэгъэрейхэм сом мелуанитI къызэрыхуагъэлъэгъуар. Ар «Урожай»-м къритынум хуэдиплIкIэ щIигъурт. Тезырхэр ткIийщ, ауэ ахэр щIэдзапIэу аращ. КъыкIэлъыкIуэнухэр нэхъ гуащIэжщ. Ар къыщыхъунур Урысей Футбол Зэгухьэныгъэмрэ МВД-мрэ я къэпщытэныгъэхэр зэфIэкIа иужькIэщ. Хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, удын нэхъыщхьэр зытехуэнур Песчанокопскэм и «Чайка»-ращ. Урысей футболым Iулъхьэм ерыщу зэрыщебэныр дуней псом щрагъэлъагъун папщIэ Ростов областым хыхьэ Песчанокопскэ къуажэм щхьэзакъуэ хьэрычэтыщIэ Чайкэ Андрей и мылъкукIэ къыщызэрагъэпэща командэр хьэIупс ящIыфынущ. Ар и зэфIэкIкIи, мыхьэнэкIи, дауи, «Газпром»-р, «Роснефть»-р, «Башнефть»-р, «ВТБ-Банк»-р, нэгъуэщIхэр къызыкъуэт адрей гуп нэхъ лъэрызехьэхэм ящыщкъым. Iуэхум и пэжыпIэр, дауи, зэхагъэкIынурэ, хабзэр къызэпызыудахэм тезыр тралъхьэнущ. Ауэ дауэ зэрызэхэбгъэкIынур зы командэм адрейр мылъкукIэ тригъэгушхуэну хуит ящIауэ къызэрекIуэкIым тетхэмрэ Iулъхьэ езытхэмрэ. ТIум щыгъуэми къикIыр зыщ - спорт зэныкъуэкъуныгъэр лъэныкъуэ езауэ мылъку зэлъэфэлIэныр япэ ищу аращ. Хьэмэрэ ягу къыщихьэм Iуэху къаIэту, адрейхэм гу лъамытэу дяпэкIи екIуэкIыну ара? Апхуэдэфэ тетщ. Дауэ щымытми, накъыгъэ мазэм Песчанокопскэ къуажэм къыщыхъуам зыми фэфI къытригъауэркъым. Арауэ къыщIэкIынщ «Урожай»-м хъыбар щIызэбгригъэхар мазэ дэкIмэ щIэзыдзэну урысейпсо зэхьэзэхуэщIэм абырэ топджэгум дихьэххэм я мылъкукIэ къызэрагъэпэщыжауэ Краснодар крайм и чемпионатым щыджэгу «Кубань»-мрэ зы гупу зэхыхьэжыну. Деплъынщ адэкIэ зэрыхъум. ЖЫЛАСЭ Заурбэч.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "522.txt" }
Шыгъэлыгъуэ Мерал и усэхэр Ди газетеджэхэм фIыуэ яцIыхун хуейщ нэхъ пасэу тхыгъэ зыбжанэ зыхуэдгъэфэща, «ЛIэщIыгъуэ телъы­джэ» тырку киносериалыр зи IэдакъэщIэкI, а къэралым щыпсэуа адыгэ ­актрисэ, сценарист Шыгъэлыгъуэ Мерал. Фигу къэдгъэкIыжынщи, Шыгъэлыгъуэ Iэта ипхъу Мерал 1959 гъэм фокIадэм и 20-м Анкара къыщалъхуащ. Тыркум къыщыхъуа адыгэ ныбжьыщIэ куэдым хуэдэу, Мерал Кавказ лъэпкъ зэгухьэныгъэхэм я Федерацэм щекIуэкI адыгэ щэнхабзэ Iуэхухэм щIапIыкIащ. ЗыцIыхуахэм яIуэтэж ар адыгэ къафэкIэ пэрыт пщащэхэм ящыщу щытауэ. Журналист IэщIагъэм ­хуеджа, «Фи пщэдджыжь фIыуэ» газетым щылэжьа бзылъхугъэр хуэмурэ фильм IуэхущIапIэхэм япыщIа хъуащ, нэхъыбэми къызэрацIыхур киносценарист Iэзэу зэрыщытамкIэщ. Дуней псом цIэрыIуэ щыхъуа «ЛIэщIы­гъуэ телъы­джэм» и серие щитIыр Мерал и IэдакъэщIэкIщ, езыр хэмыту нагъэсыжахэр «Мерал и фэеплъкIэ» трахащ. 1984 гъэм Мерал щхьэгъусэ хуэхъуат театрымрэ киномрэ я артист Окай Яман. И щхьэгъусэм и унэцIэр зэрихьэу езы Мерал 2012 гъэм мэлыжьыхьым и 9-м дунейм ехыжащ. КъызэрыщIэкIымкIэ, бзылъхугъэ сэнаушыфIэм киносценарийхэм нэ­мыщI иджыри усэхэр итхыу щытащ. Ар илъэс зыбжанэкIэ дэлэжьащ тырку уэ­рэджыIа­кIуэ цIэрыIуэ Сезен Аксу, абы игъэзащIэ уэрэдхэм псалъэ щIилъ­хьэу. Шыгъэлы­гъуэ Мерал и усыгъэхэу Хъуажь Фахъри тыркубзэм кърихыу Къармэ Iэсият адыгэбзэм къригъэзэгъахэр къызэ­рыф­щыхъуар къытхуэфтхамэ ди гуапэ хъунт. Вагъуэгъуазэ Дэнэ ущыIэ си Вагъуэгъуазэу Гъуэгуанэ кIыхьым щызиIэпэгъу? Си гум и тепщэрэ си нэм и плъапIэу Гъуэгуанэ гугъум щызинэпкъэгъу… Борэн зэблэухэм укъамыуIэрэ, УIэгъэ стелъри умылъагъуххэрэ, ПхуэсщIа хъуэпсапIэхэм гу лъумытэххэурэ Дауэрэ уэгум уилъэтыхьат?! …Зы щхьэусыгъуи къыпхуэзмыгъанэу, Сызэхэщхъыщхъэурэ сылъэлъэжынщи; КIуэ, Вагъуэгъуазэ, фIыр уи гъуэгуанэу - Телъыджэ дахэхэр пхуэзубгъужынщи… Деспинэ гуащэ Щхьэтепхъуэ пIащIэм зыщIумыгъапщкIуэу, Къэузэдыт Iэнэр, Деспинэ гуащэ! Жыг гуэрэн Iувым пIэ щытхуэухуэ, Нэхъ уэрэд дахэхэр гум едэхащIэу. Иджыри дыщIалэ, Деспинэ дахэ? Иджыри дыгъагъэ, Деспинэ гуащэ? Шыкур - шыкур! Жэщ даущыншэхэр гухэлъ псыкъелъэу, ЩIасэм дыкъеджэмэ, кхъухьлъатэу къос - Бомонти къалэ къикIыху дыпэплъэу, ДыкъэгумащIэурэ гухэлъым дес… Иджыри дыгъагъэ, Деспинэ гуащэ? Иджыри дыщIалэ, Деспинэ дахэ? Шыкур - шыкур! Фадэбжьэ пIащIэ къыщыщIэдгъалъэм, Фэндэшх нэхъ IэфIыр хыдогъэзагъэ. Музэйян щIалэм и макъ псыкъелъэм Макъамэ щабэу дигухэр егъахъэ. Иджыри дыщIалэщ, Деспинэ гуащэ! Иджыри догъагъэ, Деспинэ гуакIуэ! Шыкур! ГущIэмкIэ согъей ГукъэкIыжыр гум ешэкIи, АркъудеймкIэ си гур гъэфI! Узыр жейм къыщыхэпыджэм, Мазэ изыр сфIохъу пщыкIутI. ГукъэкIыжу ныкъуэдыкъуэм И цIэр гущIэм щызгъэпщкIуат. ЩIыпIэ жыжьэу щIыпIэ хамэм Ар бынунэ щыхъужат. ТхьэрыкъуитIу зэIущащэр КъытщыщIамкIэ зэупщIыжт; ФIыгъуэу щыIэр Iэпыщэщу, Лъагъуныгъэр дукIыжт! Лъагъуныгъэ яукI хабзэт? Ар мафIэст. Уэлбанэ уейт. ЩIыпIэ жыжьэм щыбынунэт - И цIэр гущIэмкIэ щызгъейт. Епэр Мы къалэм и утхэм саутIыпщкъым, Хы Iуфэхэм ягу къысщIогъу. Уэрыншэмэ, зыми сыщыщкъым, УвыIэпIэхэм уипцI къыщызогъу. ЩIым сытрадзэу пцIыхэр къызоуэ! Сыхыхьэмэ жей Iув кIэухыншэм - Закъуэныгъэр си шхыIэн щIагът. Згъэщащэрти ди блын гъуджэшхуэр… ЩымыIэххэр мы къалэм - си гуэгъут. Закъуэныгъэр си шхыIэн щIагът. Епэр гъагъэр, псы хуэлIэу, мэхуалэ; Лъэужьыншэу дунейр сыбгынэнщ. СыкIуэдыжмэ, вгъэсыж си жьауэр - КъызжепIахэр епэру хуэлэнщ. Уэрамдыхьэхэм уипцI къыщызнэнщ. Псори пхузогъэгъу МафIэгу гъуагъуэхэр ныпкIэлъогъуае, Блынджабэ бзагуэхэр нэф хьэфизщ. КъэувыIэпIэхэр ныпкIэлъогие - Гурыгъузыр мафIэгум изщ. Гъатхэ пшапэм сыкъыщыхэбнэм, Гугъэу тщIахэр къэпщэхужакъым. МыIэмылIэу щIым сыкъыщибнэм, Удын жагъуэр сщхьэщыпхыфакъым. * * * НэгъуэщIым и пIэщхьагъ согъэфI… Хьэрэм усщIакъым - Тхьэм къыздещIэ. А зи бгырыпх птIэтар нэхъыфI? Пкъутащ щысхьыншэу гуIэфIтещIэр. * * * ПхузиIэжкъым ней - насыпыфIэ ухъу! Къызитынщ КъэзыгъэщIым щхьэ шхыгъуэ. Си хьисэпыр кIэщIщ: псори пхузогъэгъу. Псори… Пхузогъэгъу... Сыт си дагъуэ? * * * Сыкъыдожэ уи гум. Сыкъыдожэ. Имыгъуэххэу, пасэу сыпыпчат. Псалъэу къызэптар къыумыщэхужу, Гъатхэ пшыхьым си псэр къыхэбнат! Укъызэзытам ущысIихыжым - АдэкIэ узилIкъым. Ущхьэхуитщ! НэгъуэщI фыз, нэхъыфIу щыбгъуэтыжым, СщIэркъым уи лъэ макъ, уи бауэкIэщI. … Зэзэмызэ уакъыхохьэ пщIыхьхэм, ЩхьэзыфIэфIу IупщIэ къысхубощI. ЩIасэхэр уогъафIэ гъатхэ пшыхьхэм, ГуфIэгъуэ мыкIыхьхэр ядогъэфI. Укъызэзытам ущысIихыжым, Абрэмывэ бзагуэр къыстощатэ. Розэм и хьэтыр къыщысхуэбгъанэм, ЩIасэ бгъафIэу, псэ уIар мэятэ. Дыхейкъым… Лъыпс-пщIэнтIэпс зэпкъуэкIыу, Жэщым укъэушмэ - Закъуэныгъэм зыкъыуишэкIауэ… ЗэшэкI абы щыгъуэ ПкIуэцIылъ сабиипсэр, Анэм ещхьу уегужьеекIауэ. ГуэныхьыщIэщ Iэхэр, Бзэхэр гуэныхьыбэщ - Дунейм теткъым хейуэ зы псэ гуэр. ЛIэщIыгъуэ абрагъуэ зи кIыхьагъ мафIэсу, Гуэныхь шэрхъщ мы дызэрыт дунейр! Лъыпс пщIэнтIэпс зэпкъуэкIыу жэщым укъэушмэ; Псэр зыхуэмеижыр къыплъихьамэ, ЗешэкI абы щыгъуэ УимыIэж анэпсэм - Сабийм хуэдэу уегужьеекIауэ. Гуэныхьыбэщ бзэхэр, Iэхэр гуэныхьыщIэщ - Дунейм теткъым хейуэ зы псэ гуэр… ЛIэщIыгъуэ шынагъуэ зи кууагъ псэ уэру, Гуэныхь шэрхъщ кIэрахъуэу щIы хъурейр. Адыгэ спектаклым щыджэгуахэр. Мерал сэмэгумкIэ щысщ. Анкара, 1976 гъэ ЗэзыдзэкIар Къармэ Iэсиятщ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "523.txt" }
Губгъуэжыхапхъэр гъэкIуэдыным теухуауэ КъБР-м и Парламентым Мэкъумэш политикэмкIэ, щIыуэпсыр хъумэнымрэ ар къэгъэсэбэпынымкIэ, щIы IуэхухэмкIэ и комитетым иригъэкIуэкIа зэIущIэм къыщызэщIакъуэжащ республикэм и мэкъумэш IэнатIэм 2018 гъэм къилэжьамрэ гъатхэ псыщIэгъэлъадэхэр зэрырагъэкIуэкIамрэ. КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ - мэкъумэш IэнатIэмкIэ министр Говоров Сергей жиIащ нэгъабэ мэкъумэш IэнатIэм къыщалэжьар псори зэхэту сом мелард 46,9-рэ зэрыхъур. Абы щыщу къэкIыгъэ гъэкIыным къыпэкIуащ сом мелард 25,3-рэ, Iэщ гъэхъуным – сом мелард 21,6-рэ. Къэпсэлъам къызэрыхигъэщамкIэ, республикэм мэкъумэшхэкIхэр къыщызылэжьхэм ящыщу мэкъумэш IуэхущIапIэхэр процент 32,2-рэ мэхъу, фермер зэгухьэныгъэхэмрэ хьэрычэтыщIэхэмрэ - процент 31,5-рэ, унагъуэхэм зэрахьэхэм процент 36,3-рэ къызэщIаубыдэ. Говоровым жиIащ щIыналъэм нэхъыбэу гъавэ, нартыху жылэ, жыг хадэ гъэкIыным зэрыщелэжьыр. Къэбгъэлъагъуэмэ, 2018 гъэм хадэхэкIыу кърахьэлIам хэпщIыкIыу хэхъуащ. Зи гугъу ящI пIалъэм лыуэ тонн мини 109,4-рэ къалэжьащ, абы и Iыхьэ ныкъуэр джэдкъазылщ. - 2018 гъэм къэтщэхуащ тракторыщIэ 58-рэ, гъавэр Iузыхыж комбайн 11, Iусыр зэщIэзыкъуэ комбайни 2, нэгъуэщI мэкъумэш техникэу 28-рэ. Техникэхэр тхузэгъэпэщащ КъБР-м и Парламентым федеральнэ IуэхущIапIэ зэхуэмыдэхэм зэрызахуигъэзам и фIыгъэкIэ. Къыдат субсидиер 2018 гъэм и ещанэ мазищым процент 15-м къыщыщIэдзауэ 25-м нэсу хэхъуащ икIи техникэр хуэдитIкIэ нэхъыбэу къэтщэхуну тхузэфIэкIащ, - жиIащ министрым. Къэпсэлъам къызэрыхигъэщамкIэ, республикэм и промышленностым нэгъабэ къыщIигъэкIами арэзы укъещI. Псалъэм папщIэ, хьэпшыпу ирагъэкIамрэ Iуэхутхьэбзэу зэфIагъэкIамрэ сом мелард 17 къыпэкIуащ. «Россельхозцентр»-м и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм зэрыхуигъэфащэмкIэ, мы гъэм губгъуэхэм трасэну къэкIыгъэхэм зэран яхуэхъун щыIэн хуейкъым. ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ Губгъуэжыхапхъэм зэрыпэщIэт Iэмалхэм. КъБР-м и Парламентым Мэкъумэш политикэмкIэ, щIыуэпсыр хъумэнымрэ ар къэгъэсэбэпынымкIэ, щIы IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Мокаев Кемал жиIащ мэкъумэшми цIыхум и узыншагъэми зэран яхуэхъу къэкIыгъэхэр гъэкIуэдыныр мыхьэнэшхуэ зиIэ лэжьыгъэу зэрыщытыр икIи а Iуэхум зэгъусэу республикэ унафэщIхэр зэрелэжьыпхъэр. - Губгъуэжыхапхъэм щIыпIэхэр зэрызэщIищтэр ялъагъуу къызыфIэмыIуэху цIыхухэм егъэщIэн хуейщ абыкIэ езыми я бынхэми я узыншагъэм зэран зэрыхуэхъужыр. Зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым Губгъуэжыхапхъэр дгъэкIуэдмэ, ди мэшри бэв зэрыхъунур, цIыхухэм щIыфашхэ узыфэхэр щIаIэ щхьэусыгъуэхэри нэхъ зэригъэмэщIэнур, - къыхигъэщащ къэпсэлъам. КъБР-м мэкъумэш IэнатIэмкIэ и министрым и къуэдзэ Шэт МэчрэIил жиIащ я IуэхущIапIэр муниципальнэ районхэмрэ къалэ округхэмрэ я щIыпIэ администрацэхэр, КъБР-мрэ Осетие Ищхъэрэ - Аланиемрэ ветеринариемрэ фитосанитар кIэлъыплъыныгъэмкIэ федеральнэ IэнатIэм я управленэр и гъусэу, Губгъуэжыхапхъэр гъэкIуэдыным республикэм зэрыщыпэщIэтыр. Зи гугъу ящI удзыжьым и къэкIыгъуэм ирихьэлIэу, школхэм, сабий гъэсапIэхэм, зыгъэпсэхупIэхэм, стадионхэм, спорт IуэхущIапIэхэм къедзылIа щIыпIэхэр илъэс къэс ягъэкъабзэ, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ цIыхухэр къыхураджэ Губгъуэжыхапхъэм ди щIыпIэхэр зэщIрамыгъэщтэным. Ветеринар, фитосанитар кIэлъыплъыныгъэхэмкIэ федеральнэ IэнатIэм и управленэу КъБР-мрэ Осетие Ищхъэрэ-Аланиемрэ щыIэм и унафэщI Абдулхаликов Рустам жиIащ зи гугъу ящI удзыжь лIэужьыгъуэм ебэнынымкIэ лэжьыгъэхэр зэрекIуэкIыр, ауэ къагъэсэбэп Iэмалхэр зэрыримыкъур. - Губгъуэжыхапхъэм пэщIэтынымкIэ районхэмрэ къалэхэмрэ илъэс къэс къыщызэдгъэпэщ комиссэхэр я лэжьыгъэм IэхъуэгъуэтегъэкIыущ зэрыбгъэдыхьэр, Iуэхум ткIийуэ я нэIэ трагъэтыркъым, - къыхигъэщащ къэпсэлъам. Аллергологие дэIэпыкъуныгъэр къызэгъэпэщынымкIэ IуэхущIапIэм и дохутыр нэхъыщхьэ Щоджэн Мадинэ зэрыжиIамкIэ, къэралым щыпсэу цIыхухэм я процент 20 - 30-р иросымаджэ къэкIыгъэм къарит аллергием, сабийуэ - проценти 10-м нэблагъэр абы егъэщхьэжагъуэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым а Аллергологие центрым и учётым щытщ сымаджэ мин 72-м нэблагъэ. Абыхэм ящыщу цIыху мин 21-рэ 115-м аллергие къезытыр удз лIэужьыгъуэхэрщ, псом хуэмыдэу Губгъуэжыхапхъэм. Щоджэным къызэхуэсахэр къыхуриджащ шыщхьэуIум и 1 пщIондэ удзыжьыр гъэкIуэдыным Iэмал къыхуагъуэтыну. КъызэрагъэлъагъуэмкIэ, шыщхьэуIу - фокIадэ мазэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэум и процент 30-м нэсыр а удзым и зэранкIэ сымаджэ мэхъу. - ЗэрытщIэщи, Губгъуэжыхапхъэм и лъабжьэр икъукIэ быдэщ - метри 2 хуэдизкIэ щIым хэтщ. ПыдупщIу къэмынэу, ар къыхэчын хуейщ, гъэгъэн щIимыдзэ щIыкIэ, - жиIащ абы. Зи гугъу ящI Iуэхум теухуауэ къэпсэлъахэщ КъБР-м щIы, мылъку IуэхухэмкIэ и министр Уэщхъун Тимуррэ КъБР-м и Парламентым Мэкъумэш политикэмкIэ, щIыуэпсыр хъумэнымрэ ар къэгъэсэбэпынымкIэ, щIы IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщIым и къуэдзэ Щхьэгъэпсо Сэфарбийрэ. ЗэIущIэм щыжаIахэр къыщызэщIакъуэжым, къыхагъэщащ Губгъуэжыхапхъэр щагъэкъэбза щIыпIэхэм ахэр къыщымыкIыжын щхьэкIэ зэпымыууэ кIэлъыплъын зэрыхуейр. Губгъуэжыхапхъэр нэхъыбэу къыщыкI щIыпIэхэр ягъэбелджылын папщIэ, районхэм щыIэ комиссэхэм я лэжьыгъэр нэхъ ткIийуэ ирагъэкIуэкIыну къыхураджащ. Апхуэдэуи псоми зэдэарэзыуэ къыхагъэщащ Губгъуэжыхапхъэмрэ нэгъуэщI удзыжь лIэужьыгъуэхэмрэ пэщIэтынымкIэ IуэхущIапIэ зэхуэмыдэхэм я лIыкIуэхэр зыхэтыну комиссэ къызэгъэпэщын зэрыхуейр. КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "524.txt" }
ДУНЕЙМ ЩЫХЪЫБАРХЭР Урысейм и цIыхуу къалъытэну къыщIэлъэIухэр нэхъыбэ мэхъу Украинэм и цIыхухэу Кърым Республикэмрэ Севастополь къалэмрэ къыщалъхуахэу хытIыгуныкъуэм 2014 гъэм и гъатхэпэм и пэ къихуэу къиIэпхъукIа цIыхуищэм щIигъу къыщIэлъэIуащ Урысейм и цIыхуу зыкърагъэлъытэну. Апхуэдэ хъыбар къитащ УФ-м и МВД-м и пресс-IуэхущIапIэм. Сабийми балигъми цIыхуи 125-м я лъэIу тхылъхэр щIалъхьащ паспорт щат IуэхущIапIэхэм. Абыхэм я тхылъхэм хэплъэным мазищым нэблагъэ текIуэдэнущ. «Иджыри къыздэсым апхуэдэ лъэIухэм Урысейм и МВД-м и щIыналъэ органхэм унафэ тращIыхьакъым, ди къэралым и цIыхуу зэрыщытым щыхьэт техъуэ паспортыр апхуэдэхэм зэкIэ иратакъым», - къет пресс-IуэхущIапIэм. Урысейм и цIыхуу къалъытэну щIэлъэIуу тхьэмахуэ кIуам ДНР-м къикIри япэу къэкIуащ а республикэм щыщхэр. УФ-м и Президент Путин Владимир мы гъэм мэлыжьыхьым и кIэм Iэ щIидзауэ щытащ Донбасс щIыналъэм щыщхэм урысей паспортхэр нэхъ тыншу къыдахыфыным теухуа указым. Путиныр а Iуэхум щытепсэлъыхьым къызэрыхигъэщамкIэ, ар Киев зыгуэркIэ еныкъуэкъуным хуэгъэза лъэбакъуэу аракъым, атIэ цIыхухэм гущIэгъу зэрахуищIым и щыхьэт къудейуэ аращ. ДНР, ЛНР щIыналъэхэм цIыхухэм я граждан хуитыныгъэхэр зэрыщыдакъузэр адэкIэ пшэч мыхъун Iуэхуу зэрыщытыр икIи абы хэкIыпIэ хуэхъунухэр икIэщIыпIэкIэ къэгъуэтыным зэрителъхьэр къыхигъэщауэ щытащ УФ-м и УнафэщIым. ЗэщхьэщыкIыныгъэр кIуэ пэтми нэхъ ин мэхъу «Псэугъуей хъуащ». ЩIэх-щIэхыурэ зэхыдох апхуэдэу жаIэу. КъызыхэкIри унагъуэхэм я мазитI улахуэ кIапэ зэрызэтрамыгъэхуэфырщ. Абы пыщIа гугъуехьхэр 2018 гъэм нэхъ щызыхащIауэ къалъытащ Кавказ Ищхъэрэм хыхьэ щIыналъэхэр. Унагъуэ хуэмыщIа нэхъыбэ щыпсэу щIыпIэхэр зэхагъэкIын мурадкIэ «РИА-Новости» хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэм къэпщытэныгъэхэр ирагъэкIуэкIащ иджыблагъэ. А рейтингым и иужьрей дыдэ увыпIэхэр «яубыдащ» КИФЩI-м щыщ республикихым. Хэхъуэ нэхъ мащIэ дыдэ зиIэ унагъуэхэм я деж, ди жагъуэ зэрыхъущи, илъэс зыбжанэ хъуауэ «бжьыпэр» щиIыгъщ Къэбэрдей-Балъкъэрым. Къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, ди деж бынитI зиIэ зэщхьэгъусэхэм я нэхъыбапIэм, Iэмалыншэу зыхуеинухэр къащэхуа, коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэм хуэзэхэр ята нэужь, къахуэнэр сом 6.010-рэ хуэдизщ. Зы сабий фIэкIа зимыIэ унагъуэм ику иту сом 17.525-рэ къыхохъуэ, етх агентствэм. Рейтингым и 83-нэ увыпIэм щытщ Шэшэныр - сом 10.101-рэ зи унагъуэм къинэхэр. Дагъыстэным 81-нэ увыпIэр (абы щыпсэу унагъуэхэм сом 11.661-рэ къахудохуэ). Къэрэшей-Шэрджэсымрэ Ингушымрэ 79-нэ, 78-нэ увыпIэхэр яIыгъщ - абыхэм я «ахъшэ хъумапIэхэм» къонэ, зэрызэкIэлъыкIуэм хуэдэу, сом 12.159-рэ, 12.893-рэ. Ди щIыналъэм щыщу зи Iуэху нэхъыфIыIуэр Ставрополь крайм щыпсэу унагъуэхэрщ - сабиитI зиIэ зэщхьэгъусэхэм я нэхъ мащIэ дыдэу зыхуеинухэр къащэхуа нэужь сом 21.400-рэ дадзыхыфынущ. Къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, унагъуэхэм я зэIузэпэщагъымкIэ илъэс еянэ хъуауэ япэ увыпIэр иIыгъщ Ямало-Ненецкэ автономнэ округым - мыбы щыпсэухэм яхуогъэтIылъ сом мини 128,5-рэ. ЕтIуанэ увыпIэм щытщ Чукотскэ АО-р - сом мини 107,8-рэ, ещанэ увыпIэм - Москва къалэр - сом мини 102,4-рэ къызыхудэхуэхэр. Экспертхэм къызэралъытэмкIэ, унагъуэ хуэмыщIахэмрэ къулейхэмрэ я зэщхьэщыкIыныгъэр кIуэ пэтми нэхъ ин мэхъу, а щытыкIэм зегъэхъуэжыным хуэунэтIауэ къэралым щызэфIагъэкIхэри пэмылъэщу. Нобэ ♦США-м щагъэлъапIэ пщылIхэр хуит щыхъужа махуэр. 1862 гъэм США-м и президент Линкольн Авраам Iэ тридзащ я къэралым пщылIыгъэр щымыгъэIэжыным теухуа законым. ♦Журт автономнэ областым щагъэлъапIэ я гербымрэ ныпымрэ я махуэр ♦Алжирым и революцэм и махуэщ ♦Кувейтым и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ ♦1809 гъэм Финляндием щыпсэу лъэпкъхэм я лIыкIуэхэм Финляндие къэралыгъуэр къызэрагъэпэщащ икIи автономием и хуитыныгъэхэр иIэу ар Урысейм зэрыхыхьэм теухуа унафэ къащтащ. ♦1846 гъэм Нью-Джерси (США) дунейм щыяпэу щекIуэкIащ бейсболымкIэ зэхьэзэхуэ. ♦1920 гъэм РСФСР-м и ЦIыхубэ комиссархэм я советым щIэныгъэншагъэр гъэкIуэдыным теухуа урысейпсо комиссэ къызэригъэпэщащ. ♦1991 гъэм советыдзэхэр Венгрием къишыжын яухащ. ♦2010 гъэм Москва и метром и Достоевская, Марьина Роща къудамэхэр яутIыпщащ. ♦1924 гъэм къалъхуащ совет тхакIуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, Лениным и цIэр зезыхьэ саугъэтым, СССР-м, Белоруссием я Къэрал саугъэтхэм я лауреат Быков Василь. ♦1945 гъэм къалъхуащ УФ-м и цIыхубэ артисткэ Селезнёвэ Наталье. ♦1951 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, РАЕН-мрэ ЩIДАА-мрэ я академик, КъБР-м цIыхухэм Iуэхутхьэбзэ яхуэщIэнымкIэ и IэнатIэм щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Соблыр Андемыркъан. ♦1955 гъэм къалъхуащ совет хоккеист цIэрыIуэ, къэралым и гуп къыхэхам и гъуащхьэтету щыта, Олимп джэгухэм дыщэ, дыжьын медалхэр къыщызыхьа, СССР-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер Мышкин Владимир. ♦1958 гъэм къалъхуащ хоккеист цIэрыIуэ, Совет Союзым и гуп къыхэхам хэту Олимп джэгухэм тIэунейрэ щытекIуа, зэ дыжьын медаль къыщызыхьа, СССР-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер Макаров Сергей. ♦1960 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, республикэм и Правительствэм и саугъэтыр зрата БищIо Iэсият. ♦1967 гъэм къалъхуащ Норвегием щыщ спортсмен Дэли Эрленд Бьёрн. ЛыжэкIэ къызэдэжэн спорт лIэужьыгъуэм абы щиIэ ехъулIэныгъэхэм хуэдэ къихьын зыхузэфIэкIа зэкIэ дунейм щыIэкъым. Ар Олимп Джэгухэм 8 щытекIуащ, дунейм бгъуэнейрэ и чемпион хъуащ. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 29 - 31-рэ, жэщым градус 19 - 20 щыхъунущ. Лъэпкъ Iущыгъэ: Къуалэр лы щигъуэтым щохуарзэ, уэркъыжьыр былым щигъуэтым щопсых. Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "525.txt" }
Адыгэ (къэбэрдей) дзэпщхэр Тхыдэ Адыгэ (къэбэрдей) дзэпщхэр Курыт лIэщIыгъуэхэм къыщыщIэдзауэ дуней псом цIэрыIуэ щыхъуауэ щытащ адыгэхэм я шуудзэр. Урыс офицер Торнау Фёдор (лъэпкъ-кIэ нэмыцэщ) 1864 гъэм итхыгъащ: «Венгрхэм я шуудзэм пэхъун щымыIэущ иджыри къэс зэралъытэр, адыгэ шуудзэр абы куэдкIэ йофIэкI. Зы шэрджэс шур кърым хъаным и дзэм шу тIощIым ятокIуэ» («Кавказ офицерым и гукъэкIыжхэр»). Адыгэ шуудзэм хузэфIэкIыр зи нэгу щIэкIа дзэпщ гуэрым ­итхыгъащ: «Адыгэ шур бийм ебгъэрыкIуамэ, аслъэныр Iэщ хъушэм хэлъэда хуэдэщ». Апхуэдэ шуудзэ дэшэс зэпытащ адыгэ дзэпщым. Генерал Бларамберг Иоганн 1834 гъэм ­итхыгъащ, зауэ къалъыкъуэкIмэ, къэбэрдейхэм шу мин 30 ягъэшэсыфу зэрыщытар. Лъэсыдзэуи абы нэхърэ мынэхъмащIэ ядежьэрт къэбэрдей шуудзэм. А псом пашэ хуа­щIыр лIыгъэрэ хахуагъэкIэ цIэрыIуэ хъуауэ, хэкум и щIыхьыр дзыхь зрагъэз дзэпщхэрт. Къэбэрдейм и тхыдэм щымащIэкъым апхуэдэ дзэпщхэр - ди лъахэм и хуитыныгъэм пап­щIэ зи псэм емыблэжа шу пашэ щэджащэхэр. КЪартул Гъузер. Инал Нэху Адыгэ тхыдэми IуэрыIуатэми щыцIэрыIуэщ Инал. ЩIэныгъэлIхэм зэратхымкIэ, ар Мы­сырым пащтыхь щыхъуауэ щыта адыгэ мам­люкхэм ящыщщ, Мысырым 1453 - 1461 гъэхэм щыпащтыхьащ, хэкум къигъэзэжа нэужь, адыгэ лъэпкъхэр зэгуигъэхьэн, зы къэралы­гъуэ иухуэн хузэфIэкIащ. Нэгумэ Шорэ зэритхымкIэ, Инал Абхъазым щылIащ, абы и кхъащхьэм абхъазхэр «Инал къубэкIэ» («Инал и кхъащхьэ») иджыри къэс йоджэ. «Инал лIа нэужь, - етх Нэгумэ Шорэ, - цIыхухэм ядакъым абы и къуэхэм едэIуэн. Хэкум и унафэр зэрызэрахьэн акъылрэ фIэ­лIыкIрэ ябгъэдэлъакъым абыхэм. Аркъудейми къыщынакъым: я пагагъымрэ я хьэл мыхъу­мыщIэмрэ цIыхухэм яхуэмышэчыж хъуащ, езыр-езыру зэныкъуэкъужу щIадзащ, Инал зэтриубла IуэхуфIхэр якъутэжри, нэхъыщIэр нэхъыжьым емыдэIуэж хъуащ». Инал пщышхуэм и мурадыр абы и къуэхэм къагурыIуакъым - зэщыхьэжри я щIыб зэхуа­гъэзэжащ. Абы къыдэкIуащ адыгэхэм иужькIэ къатепсыха насыпыншагъэ псори. Инал и щIэблэщ къэбэрдейхэм, беслъэнейхэм, кIэмыргуейхэм, бжьэдыгъухэм, жанейхэм, хьэтыкъуейхэм, натхъуэджхэм я пщы лIакъуэхэр. Осетин усакIуэшхуэ Хетагуров Коста и лъэпкъри, езым зэритхымкIэ, Инал и къуэхэм ящыщ зым (Хьэтагъ) къытехъукIащ. Инал и цIэр зэрехьэ Iуащхьэмахуэрэ Балъкъ псыщхьэрэ я зэхуаку дэт бгы лъагэм. Беслъэн ПцIапцIэ Инал и къуэрылъху Жанхъуэт и къуэщ, щыпсэуар ХVI лIэщIыгъуэм и кIэухырщ, ХVI лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэ плIанэм хуозэ. Пщы уэлийуэ щытащ. ЗэрылIышхуэм щхьэкIэ «ПцIапцIэ» дзыр теIукIащ. Тэрч и хэхуэжыпIэм дзэ ишэурэ, Къэбэрдейм и гъунапкъэхэм зригъэубгъуащ, и дзэр Астрэхъани Дербенти щынишэс къэхъуащ - абыхэм я лъахэр иубыдын папщIэ. Къэбэрдейм къихьэ сатуущIэ гъуэгу­хэр шынагъуэншэ хъуауэ щытащ абы иужькIэ. Лъэпкъыр арэзы зытехъуа хабзэ куэд зэтриублащ, ахэр Къэбэрдейм дежкIэ конституцэ пэлъытэ хъуащ. Щолэхъу Талъостэнхэ я лъэпкъым щыщщ, Къэбэрдейм и пщIэр лъагэ зэрыхъуным щIэкъу зэпытащ, хэкум и хуитыныгъэм щIэзэуащ, Идар ­Къамбулэтрэ Къетыкъуэ Аслъэнбэчрэ дунейм ехыжа нэужь, Къэбэрдейм и пщышхуэ (пщы уэлий) хъуащ. Урыс пащтыхьым гъунэгъу зэрыхуэхъуным хущIэкъуащ - ар къехъулIауэ плъытэ хъунущ, и IуэхущIафэм тепщIыхьмэ. И лIыгъэм, и зекIуэхэм папщIэ Щолэхъу «пщы щэджащэ» цIэр теIукIащ. «ЩолэхъукIэ» зэджэ шы лъэпкъыр зи Iэужьыр а пщы цIэрыIуэрщ. Адыгэхэми гъунэгъу лъэпкъхэми я тхыдэми я IуэрыIуатэми щыгъунэжщ пщы щэджащэ ­Щолэхъу и хъыбархэр. Пасэрей адыгэ уэрэдхэм ящыщ зым мыпхуэдэ сатырхэм ущрохьэлIэ: Щэджащэуэ ди Щолэхъужь, Пщыуэ хъуам уранэхъ хахуэт, ХахуэкIэ ди джатэрыжэ, Жэрыбэр уэркъым езыт, Зи тыгъэм щIэмыфыгъуж, Щэджащэуэ ди Щолэхъужь! Джатэрэ лIыгъэкIэ Щолэхъу Къэбэрдейм къыхуихьа пщIэмрэ фIэлIыкIымрэ хуэдиз ди хэкум зэи иIэжакъым абы иужькIэ. Щолэхъу 1616 гъэм дунейм ехыжащ. Идар Инармэс и къуэщ, Инал и къуэм и къуэ­рылъхущ. Хъыбархэм къазэрыхэщымкIэ, Идар и анэр бжьэдыгъу гуащэщ - Хъымыщ Елджэр ипхъущ. Идар и адэр щылIэм, сабийр здихьыжри, гуащэр Бжьэдыгъум кIуэжащ - и дыщым. Абы къыщыхъуащ Идар. Балигъ хъуа нэужь, Идар къэбэрдеипщхэм къеныкъуэкъу хъуащ. КIахэ адыгэхэм щыщ дзэ къришажьэри, Къэбэрдейм къытеуащ - Жанхъуэтхэрэ Мин­болэтхэрэ къезэуащ. ДзитIыр Къызбрун деж щызэгурыIуэжащ, Идар Къэбэрдейм и кум щIы щратащ (абы ИдарейкIэ еджэ хъуащ), пщы нэхъыжьи ящIащ. Идар лIа нэужь (ХVI лIэщIыгъуэм и 30 гъэхэм), абы и щIэблэмрэ Жанхъуэтхэрэ (Къетыкъуэхэ, Талъостэнхэ) зэщыIеижащ, Къэбэрдейм щы­тепщэн хуейр яхузэхэмыгъэкIыу. Идарейм куэд ирагъэкIуакъым: епщыкIубланэ лIэщIыгъуэм и кIэухым нэсщ; абы иужькIэ адрей пщы лIакъуэхэм зэхуагуэшыжащ Идарей щIыналъэр. Темрыкъуэ ТемрыкъуэкIэ еджэ хъуауэ къэгъуэгурыкIуэ щхьэкIэ, и цIэ дыдэр КIэмыргуокъуэщ (КIэмыргуейм и къуэ). Сабийуэ и анэм и дыщым (КIэмыргуейм) здишэжати, арагъэнущ абы и цIэр къызыхэкIар. Урысейр здигъэIэпыкъуурэ, Къэбэрдейр зэгуигъэхьэным, абы тепщэ щыхъуным щIэны­къуэкъуащ, ауэ ар къехъулIакъым - пщыхэм я нэхъыбэр акъылэгъу къыдэхъуакъым, Урысейм и IэмыщIэ зралъхьэн мурад яIэтэкъым. Къэбэрдейм къытеуэрей кърым хъанымрэ Нэгъуей ЦIыкIумрэ хэкур зэращихъумэным яужь итащ. Жагъуэгъу къыхуэхъуа къэбэрдеипщхэми езэуащ, урысыдзэр здигъэIэпы­къуурэ. Бий мэхъаджэ къащытеуэм, Темры­къуэ беслъэнейхэмрэ абазэхэмрэ гъусэ къыхуэхъуащ. Темрыкъуэ и жэрдэмкIэ, къэбэрдейхэм быдапIэ щаухуащ Сунжэ псыр Тэрч щыхэхуэм деж (иджырей Грозный къалэм пэмыжыжьэу). Кърым хъаным и дзэр 1571 гъэм кIахэ адыгэхэм къащытеуам щыгъуэ, дзэ иришажьэри, ди лъэпкъэгъухэм ядэIэпыкъуащ. ДзитIыр Ахупс деж щызэзэуащ, хъаным и дзэр абдеж щызэхакъутащ. А зауэм уIэгъэ хьэлъэ щыхъуащ Темрыкъуэ, уIэгъэм 1571 гъэм илIы­кIащ, и къуитI (Мамсырыкъуэрэ Думэны­къуэрэ) гъэр хъуащ. Идар Темрыкъуэ и щIэблэм къатехъукIащ Урысейм и тхыдэм щыцIэрыIуэ Черкасскэхэ я лъэпкъыр. Темрыкъуэ мыпхуэдэ уэрэд хуаусыгъащ: Хуарэжь гущэм и дзэпкъыр къуапэти, МазиблкIэ уанэ темыхт. Къэбэрдейм ди зэхэзекIуэри ЩэджащэкIэ Темрыкъуэ лIыхъут. МыдэкIэ Хъуэхъужьым и шащхьэр УэсыщIэу зытезыгъасэ, Сэрэкъамышым къыхэкIа шур Шэ закъуэкIэ тхуезыудых, Ахупс аузыр мэз куукIэ къытхуэзыгъэнщI… Мамсырыкъуэ Темрыкъуэ и къуэ нэхъыжьщ. Мэзкуу кIуауэ, 1565 гъэм, урыс пащтыхьым елъэIуауэ щытащ Къэбэрдейм къыдигъэIэпыкъун щхьэкIэ. Кърым хъаным и дзэм Ахупс деж къэбэрдейхэр щезэуам абыхэм яхэтащ Темрыкъуи абы и къуитIри - Мамсырыкъуэрэ Думэныкъуэрэ тэтэрхэм гъэр ящIащ (иужькIэ къащэхужащ). 1583 гъэм Мамсырыкъуэ и шухэмрэ къэзакъхэмрэ Дербент къыблэкIа тыркудзэр зэха­къутащ. Мамсырыкъуэ здагъэIэпыкъуурэ, урыс дзэпщ­хэм зыпащIащ Дагъыстэным, Куржым, бгырыс лъэпкъхэм я лIыщхьэхэм. Къетыкъуэ Аслъэнбэч дунейм ехыжа нэужь, Къэбэрдейм и пщы нэхъыжь IэнатIэм щIэ­къуащ, ауэ ар къылъагъэсакъым - пщы нэхъыжь хъуар Щолэхъу Тепсэрыкъуэщ. 1601 гъэм ПщыIэпщокъуэ Къазий Мамсырыкъуи абы и къуэш Думэныкъуи иригъэукIащ. Мэзкуу и уэрамхэм ящыщ зым илъэс щип­лIым щIигъуауэ зэрехьэ Мамсырыкъуэ и цIэр - Мастрюковская. Жанхъуэт Талъостэн Щыпсэуар ХV лIэщIыгъуэм и кIэмрэ ХVI лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэ щанэмрэщ. Талъостэнейр къызэзыгъэпэщар аращ, абы IэщIэлъащ Дарьял псыхъуэмрэ Тэрч псым и IуфитIымрэ. Талъостэн Инал и къуэрылъхум и къуэщ. ­Бахъшысэрей зекIуэм щыгъуэ (1523 гъэм) Къэбэрдейм и дзэм пашэ яхуэхъуар Талъос­тэнщ. Керчь тIуалэм зэпрыкIри, зауэурэ Бахъ­шысэрей нэсащ къэбэрдейхэм я дзэр, кърым хъаным и къалащхьэр къаувыхьащ. ­НэгъуэщI къыхуэнэжатэкъыми, дзэм яхуэхь фIыгъуэр къаритащ хъаным - арыншамэ, я щхьэр храгъэлъхьэнут, езыри яIэщIэукIэнут. Талъостэн Къызбрун зауэм хэкIуэдащ - ­Инармэс Идаррэ Жанхъуэтхэрэ щызэзэуам щы­гъуэ. Жамырзэ Алъхъэс Джылахъстэнхэ я лъэпкъым щыщщ, а лъэпкъыр къызытехъукIа Минболэт Джы­лахъстэн и къуэрылъхущ, лIакъуэлIэш лъэрызехьэ дыдэхэм хабжэ, Астрэхъанрэ Куржымрэ зэпызыщIэ гъуэгум щытепщэ зэпытащ. И шыпхъур Кахетием и пащтыхь Александр и щхьэ­гъусащ, абы и хьэтыркIэ Куржым пщIэшхуэ щиIащ, куржы лIыкIуэхэр Урысейм щыкIуэкIи, урыс лIыкIуэхэр Куржым щыкIуэкIи ядэIэпы­къуащ, и нэIэ ятригъэт зэпытащ. Дзыхь нэхъ зригъэзыр Иранырати, абы и шахыр малъхъэ ищIауэ щытащ. Жамырзэ Алъхъэс хэмытауэ зы Iуэхушхуи щызэфIахакъым а зэманым ­Кавказ Ищхъэрэм - апхуэдэ фIэлIыкI иIащ а пщым. Щоджэныкъуэ Алыджыкъуэ Щоджэныкъуэ Алыджыкъуэ ХVII лIэщIы­гъуэм и япэ Iыхьэм Къэбэрдейм бжьыпэр щызыIыгъа пщыхэм ящыщщ. И адэ къуэшыр, Къазий, дунейм ехыжа нэужь, Алыджыкъуэ лъэпкъ унафэр илъэс плIыщIкIэ IэщIэлъащ. ПщIэ щIыхуащIын IуэхуфI куэд яхуилэжьащ къэбэрдейхэм, абы щыхьэт тохъуэ тхыдэри IуэрыIуатэри. Кърым хъаным шу минищ къыIрихри, и адэ къуэшым илъ ищIэжыху етIысэхакъым - ар Тепсэрыкъуэ Щолэхъурэ нэгъуейхэмрэ Къулъкъужын зауэм щаукIауэ щытащ. Куэд щIауэ Къэбэрдейм къыхуэдзэлашхэ Нэгъуеишхуэм ди лъахэр щихъумэн хузэ­фIэкIащ. Нэгъуеишхуэр Индыл адрыщI Iэпхъуа нэужь, Алыджыкъуэ и пщIэр нэхъри лъагэ щыхъуащ Къэбэрдейм. Индыл адрыщI щизэгъакъым нэгъуейхэр, ягу техуакъым къэбэрдейхэр Кавказ Ищхъэрэм тепщэ зэрыщы­хъуар. Ар зигу темыхуэ адыгэпщхэри мащIэтэкъым - ахэр Алыджыкъуэ къебгъэры­кIуащ. КъебгъэрыкIуа щхьэкIэ фIы щIа­ха- къым: Алыджыкъуэ ахэр Балъкъ псыхъуэ щызэхикъутащ. Абы иужькIэ Алыджыкъуэ тегушхуэгъуафIэ ящIыжакъым. ПщыIэпщокъуэ ХVI лIэщIыгъуэм и кум щегъэжьауэ Идархэ я лъэпкъым еныкъуэкъу зэпытащ, Къэбэрдейм бжьыпэр щиубыдын мурад ищIауэ. Идар Темрыкъуэ хэкум ирихун хузэфIэкIащ - 1563 гъэм. Темрыкъуэ Астрэхъан зыщигъэпщ­кIуащ. Урыс пащтыхьыр (Грозный Иван) и щыкъу адэм къыдэIэпыкъуащ - фочауэ 500-рэ къэзакъ шу 500-рэ къритащ. Ар къигъэсэбэпри, Темры­къуэ ПщыIэпщокъуэ ебгъэрыкIуащ. ПщыIэпщокъуэ икIуэтакъым, зызэщIиузэдащ, дзэшхуэ игъэшэсри, Идарейр зэтрикъутащ. Идар Темрыкъуэ и лъэIукIэ урысхэм быдапIэ Къэбэрдейм къращIыхьащ. Ар игу техуакъым ПщыIэпщокъуэ, тырку сулътIанри кърым ­хъанри арэзытэкъым абыкIэ. Ахэр здигъэIэпыкъури, ПщыIэпщокъуэ урыс быдапIэр икъутащ. Темрыкъуэ дунейм ехыжа нэужь, ПщыIэпщокъуэ Къэбэрдейм бжьыпэр щиубыдащ. Джылахъстэн Адэлджэрий Джылахъстэнхэ я лъэпкъым щыщ Тэтэрхъан и къуэ нэхъыжьщ. Дарьял псыхъуэр IэщIэ­лъащ, абы дэкI гъуэгум щызекIуэхэм теплъэкъукIакъым. Бгырысхэм я деж пщIэшхуэ щиIащ, абыхэм Iуэхутхьэбзэ мащIэ яхуищIакъым. Адэлджэрий и шыпхъур, Русудан, куржы ­пащтыхь Вахтанг Еханэм и щхьэгъусащ. Русудан и бынхэр цIэрыIуэ щыхъуащ Куржыми Урысейми, абыхэм дзэпщ лъэрызехьэхэр къахэкIащ. Адэлджэрий шуудзэ игъэшэсурэ Куржым куэдрэ дэIэпыкъуащ, зэрыпхъуакIуэхэм ящихъумащ. 1752 гъэм Джылахъстэн Адэлджэрий шу минрэ щитхурэ Куржым иришауэ щытащ, ар бийхэм ящихъумэн папщIэ. Джылахъстэней дзэпщым апхуэдэ Iуэхутхьэбзэ къазэры­хуищIар куржыхэм ноби ящыгъупщэркъым. А гъэращ езыри дунейм щехыжар. ХьэтIохъущыкъуэ Къэбэрдейм бжьыпэр щиубыдыху, зы махуи епсыхакъым. И адэшхуэ ПщыIэпщокъуэрэ и адэ Къазийрэ зыщIэкъуа Iуэхур зэригъэкIуэтэнырщ зи ужь итар. И адэ къуэшым и къуэ Алыджыкъуэ гъусэ хуэхъури, Идархэ ди­гуащ, бжьыпэр езым иубыдащ, Тэрч къалэ дэс урыс дзэпщхэмрэ абыхэм я IупэфIэгъу адыгэпщхэмрэ бэуапIэ яритакъым, Алыджыкъуэрэ ХьэтIохъущыкъуэрэ я дзэм ахэр зэ­хакъутэн яхузэфIэкIащ. Зыкъаужьыжа нэужь, я бийхэр къалъихъащ ХьэтIохъущыкъуэрэ Алыджыкъуэрэ, Балъкъ деж зауэ гуащIэ щаублащ, абы щытекIуар ХьэтIохъущыкъуэрэ Алыджыкъуэрэщ. Алыджыкъуэ лIа нэужь, ХьэтIохъущыкъуэ Къэбэрдейм пщы нэхъыжь щыхъуащ. Хьэ­тIохъу­щокъуэхэ я унэцIэм къежьапIэ хуэ­хъуар ­Къазий и къуэ ХьэтIохъущыкъуэ и цIэращ. ХVII лIэщIыгъуэм икухэм щыщIэдзауэ Хьэ­тIохъущокъуэхэ нэхъ цIэрыIуэрэ фIэлIыкI нэхъ зиIэрэ Къэбэрдейм исакъым. Тэрч псыр тенджызым щыхэхуэм деж, Идар и къуэ Темрыкъуэ и лъэIукIэ, урыс дзэпщхэм быдапIэ (Тэрч къалэ) тращIыхьауэ щытащ. ­Къалэр урыс пащтыхьым еувэлIа адыгэпщхэм хэщIапIэ яхуэхъуащ. Урыс дзэпщхэм я тIасхъэщIэххэм яхэтащ ШужьеипщкIэ зэджэр. Ар къищIэри, ХьэтIохъущыкъуэ Шужьейр иригъэукIащ. Тэрч къалэ дэс Чэлимэтыпщым пащтыхьым деж итхыгъащ: «Нэхъапэм, зиус­хьэн, кърым хъаныкъуэ Жан-Джэрий къэ­кIуа­сэу Къэбэрдейм къыщыкIуам щыгъуэ, си малъ­хъэ Урыскъан и къуэ Шужьей Алыджы­къуэрэ ХьэтIохъущыкъуэрэ я деж плъакIуэ-дэIуакIуэ щыIэти, хъаныкъуэмрэ Къазий и бынхэмрэ ­къаухэс псор си деж къигъэсыжырт, сэ а хъыбархэр зэрызэхэсхам хуэдабзэу уи дзэпщ­хэм яIэрызгъэхьэжырт. Ар къищIэри, ХьэтIохъу­щыкъуэ Шужьей къезэуащ, итIанэ и бейгуэл Лъэпщыкъуэ къриутIыпщри, къригъэукIащ». ХьэтIохъущыкъуэ и адэшхуэмрэ Шужьей и адэ Жансэхъурэ зэшщ. Шужьей ХьэтIохъущыкъуэ щригъэукIар 1626 гъэрщ е зымащIэкIэ нэхъ пасэущ. IуэрыIуатэм ихъумащ ХьэтIохъущыкъуэ Шужьей зэриукIам и хъыбар. Мыращ хъыбарым жиIэр: «ХьэтIохъущыкъуэрэ Шужьейрэ лIыфIыгъуэ зэримыгъахуэурэ бий зэхуэхъуащ. Шужьеипщыр лIы зэщIэмыкIуэжт, лIыгъэ-щыгъэкIэ упэлъэщынутэкъым. Алыджыкъуэ деж кIуэри ечэнджэщащ ХьэтIохъущыкъуэ. - УемыбзэджэкIауэ упэлъэщынукъым, - къыжриIащ Алыджыкъуэпщым. - Шужьейрэ сэрэ дызэбийщ. Уэрэ сэрэ дызэщыIеижауэ дгъэIунщи, Шужьей деж укIуэнщ, уекIуж зыпщIынщ, Тэтэртуп фыкIуэнщи, тхьэ зэ­хуэ­ф­Iуэнщ, къыщывгъэзэжкIэ гъуэгум щыбгъэ­бэлэрыгъынщ. Шужьей екIуж зищIащ ХьэтIохъущыкъуэ, Тэтэртуп кIуэри тхьэ зэхуаIуащ, къыщагъэ­зэжым зы Iуащхьэ деж щепсыхащ. - Мы Iуащхьэр Бахъсэн нэхъ и гъунэгъу хьэмэ Шэджэм нэхъ пэблагъэ? - еупщIащ ХьэтIохъущыкъуэ Шужьей. - Ди пщафIэхэм къащIэнщ, - жиIащ Шужьей. ПщафIэхэр ирагъэжьащ. ПщафIэхэр щыIу­кIым, ХьэтIохъущыкъуэ Шужьей еупщIащ: - КъамэкIэ уепыджмэ нэхъыфI, хьэмэ сэшхуэкIэ къеупщIэтэхмэ нэхъыфI? - жери. - Къэрабгъэр мэпыджэ, лIым къреупщIэтэх, - жиIащ Шужьей, жейм здыхилъафэм. - КъезупщIэтэхым ухуэзащ, - жери, ХьэтIохъу­­щыкъуэ Шужьей и щхьэр тIууэ зэгуихуащ. И щхьэр зэгуипIэжри, Шужьей къызэ­фIэтIысхьащ, и нэпсыр къыщыщIэкIым, Хьэ­тIохъущыкъуэ къыхуеплъыхащ: - Щхьэ угърэ? - жери. - СыщIэгъыр сызэрылIэракъым, - жиIащ Шужьей. - «Хэт зыукIар?» жаIэрэ щIэупщIэмэ, «ХьэтIохъущыкъуэжь цIыкIуращ» зэрыжаIэнурщ. Ар жери, Шужьей и псэр хэкIащ. И хьэдэм ­Iуащхьэ тращIыхьащ. Шужьей и IуащхьэкIэ йоджэ абы иджыри къэс. Iуащхьэр Бахъсэнрэ Шэджэмрэ я зэхуаку дэтщ». Къасболэт Муцал и къуэ нэхъыжьщ (Муцал Тэрч Iуфэ Iус Идарейр IэщIэлъащ). Зэадэзэкъуэм 1651 гъэм Сунжэ быдапIэр яхъумащ - персхэмрэ шамхалым и дзэмрэ Iэрагъэхьакъым. И адэр лIа нэужь, 1661 гъэм, Тэрч къалэ къетIысэкIауэ щыта бгырыс жылагъуэхэм я тепщэ хъуащ. Разин Степан и дзэр зэхэзыкъутахэм яхэтащ, ар Кавказ Ищхъэрэм къригъэхьакъым. Астрэхъан къалэр Разин къыIэщIэзыхыжар Къасболэтщ. Тыркухэм я быдапIэ Азов къэзубыда къэзакъхэмрэ шэрджэсхэмрэ пашэ яхуэхъуащ, Сиваш зэпрыкIри Кърымым ихьащ, абы ­хъаным и дзэр щызэхикъутащ. Урыс-тырку зауэм щыгъуэ (1676 - 1681 гъэхэм) дзэм пашэ яхуэхъуащ, абы хэтащ Къасболэт и лъэпкъэгъу­­хэри. ЗэфIыжын мурад щащIым, урысхэм яфIэзахуэр тырку дзэпщхэм ягурызыгъэIуар Муцал и къуэ Къасболэтщ - абы и фIыгъэкIэ Малороссием (Украинэм) и зэхуэдитIыр къы­Iэрыхьэжауэ щытащ Урысейм. Къетыкъуэ Аслъэнбэч Къэбэрдейм и пщы уэлийуэ щытащ 1737 - 1746 гъэхэм. ЛIакъуэлIэшхэр гупитI зэрыгъэ­хъуным хэлIыфIыхьащ - бахъсэн гупрэ къэщкъэтау гупрэ, ахэр зэныкъуэкъу зэпытащ, лIыфIыгъуэ зэримыгъахуэурэ. Урыс пащтыхь Пётр Езанэр Персым зэуакIуэ щыкIуэм щыгъуэ гъусэ хуэхъуащ, ар къэщкъэтау гупым къадэIэпыкъункIэ щыгугъырти. Къетыкъуэ Аслъэнбэч, къэщкъэтау гупым я пашэм, къызэрыдэIэпыкъун къару иIэтэкъым урыс пащтыхьым. Бахъсэн гупыр щытегуплIэм, Къетыкъуэ Аслъэнбэч и лIакъуэлIэшхэр зы­щIигъури Псыжь зэпрыкIащ, кърым хъаным IупэфIэгъу зыхуищIащ. Кърым хъаным и дзэр, нэгъуейхэм къакъуэгушхукIыурэ, Къэбэрдейм куэдрэ къытеуащ, ауэ бахъсэн гупым къапэлъэщакъым. И жа­гъуэгъухэм екIужри, Къетыкъуэ Аслъэнбэч 1737 гъэм Къэбэрдейм къигъэзэжащ. Аслъэнбэч и шуудзэм 1739 гъэм Нэгъуей Ордар зэтрикъутащ; урыс-тырку зауэхэм хэтащ. Ираным дзей ящIын мурад зэраIэр къы­хуа­Iуэхуауэ щытащ, езым идакъым армы­хъумэ. 1746 гъэм Гум псыхъуэ щылIащ. «ТенджызитIым я кум дэсын хуейр зыпщщ» - а псалъэр къызэзынэкIауэ адыгэ IуэрыIуатэм къыхэщыр Къетыкъуэ Аслъэнбэчщ. ХьэтIохъущокъуэ Кургъуокъуэ ХьэтIохъущокъуэ Кургъуокъуэ Къэбэрдейм и пщы уэлийуэ щытащ - ХVI лIэщIыгъуэм и ­ кIэм къыщыщIэдзауэ. Минищэм нэблагъэ кърымыдзэр къащытеуам щыгъуэ (1708 гъэм), Кургъуокъуэм Къэбэрдей псор зэщIигъэшэсащ, бзаджагъэ хуекIуэри, бийр бгым ириукIыхьащ - Балъкъ псыхъуэм къыщыщIэдзауэ Бахъсэн псыхъуэм нэс. Кургъуокъуэ кърымыдзэм кIэ щритар Къэнжал дежщ, аращ бийр щызэхакъута зауэм Къэнжал зауэкIи щIеджэр. Зеикъуэ дыгъафIэкIэ зэджэ джабэм и щыгум Кургъуокъуэ Къалэ-быдапIэ щиухуауэ щытащ, абы и къутахуэхэм ноби ущрохьэлIэ Хьэрэкхъуэрэ ипщэIуэкIэ, а щIыпIэм КъалэжькIэ йоджэ. Кургъуокъуэ 1709 (е 1710 гъэм и пэщIэдзэм) дунейм ехыжащ. Пщы уэлий хахуэм, дзэпщ Iущым и хъыбархэр щыгъунэжщ адыгэ Iуэры­Iуатэм. Мыхьэмэт Iэшэ Иужьрей адыгэ (къэбэрдей) дзэпщхэм ящыщщ, хэкум и хуитыныгъэм щIэзэу лIы­хъужьхэм гъуазэрэ шупашэрэ яхуэхъуурэ зэрыпхъуакIуэхэм куэдрэ ебгъэрыкIуащ. ХьэтIохъущокъуэ Аслъэнбэч и къуэщ, къыщалъхуар 1805 гъэрщ, балигъыпIэ зэриувэ ­лъандэрэ зауэм къыхэкIакъым, урыс дзэпщ­хэм я щхьэр къригъэIэтакъым, езыр псэуху. Къэбэрдейр Ермоловым «игъэсабыра» нэужь, Псыжь Iэпхъуащ, ауэ бэнэныгъэр зэпигъэ­уакъым. Кавказ зауэм и тхыдэм куууэ щы­гъуазэ щIэныгъэлI Потто В. зэритхыгъамкIэ, Мыхьэмэт Iэшэ «иджыри къэс (ХIХ лIэщIы­гъуэм и кIэми) щыцIэрыIуэщ гъунапкъэм». ЛIыгъэрэ хахуагъэкIэ Мыхьэмэт Iэшэ пэхъун а зэманым исакъым Къэбэрдейм. Шэткъалэ (Ставрополь) къалэм дэс дзэм ебгъэрыкIуауэ зауэм хэкIуэдащ 1846 гъэм. Мыхьэмэт Iэшэ щIэныгъэ зиIэ цIыхут, бзэ зыбжанэ ищIэрт. «Iэшэ» цIэр щIытеIукIар зауэм уIэгъэ хьэлъэ зэрыщыхъуарщ - и Iэ сэмэгур къыдэбзыжыртэкъым. Ди зэманым къэсащ ХьэтIохъущокъуэ Мыхьэмэт Iэшэ и лIыгъэмрэ и бэнэныгъэмрэ къызыхэщыж уэрэд, хъыбар куэд. Абыхэм ящыщщ мыри: Мыхьэмэт Iэшэ шыбз хэкIуапщIэ зэгуэрым фIадыгъуащ. Нэху игъэщри, шыдыгъум ялъе­жьащ, зы жылэ нэсауэ, уэрамыщхьэм тет пщащэм IущIащ. - Пщащэ жьырытэдж, шы бламыхуауэ пIэрэ фи жылэкIэ? - еупщIащ Мыхьэмэт Iэшэ пщащэм. - Блахуащ, - къыжриIащ пщащэм. - Щауибл мэхъу уи шыр зыхуар. - Упсэу, пщащэ жьырытэдж, - жиIащ Мыхьэмэт Iэшэ. - Къэзгъэзэжмэ, фи хьэщIэщ сынихьэнщ. Ар жери, Мыхьэмэт Iэшэ блэкIащ, шыдыгъухэм ялъэщIыхьэри, шыр къатрихыжащ, щауиблым яшхэри къыздихуащ. ЗэрыжиIауэ, пщащэ жьырытэджым я хьэщIэщым ихьащ Мыхьэмэт Iэшэ. ХьэщIэщым щIалитI исти, я псэлъэкIэкIи я IукIэщIыкIэкIи игу ирихьакъым Мыхьэмэт - шэсри къежьэжащ. Къыще­жьэжым, пщащэм жриIащ: - Уи хьэщIэщ ис щIалэхэм гъуэгурыкIуэр щIэнэкIалъэ иремыщI - абы хущIегъуэжынкIэ мэхъу. Мыхьэмэт Iэшэ и псалъэр щIалитIым ягу техуакъым. Псалъэ къахуэзыгъэнар яцIыхуртэкъыми, лъежьащ: «Тпхынщи, къэтхьынщ», - жари. ЩылъэщIыхьэм, щIопщкIэ къахэуэурэ хьэ­щIэщым кърихулIэжащ щIалитIыр Мыхьэ­мэт Iэшэ. - Уэ пхуэдэ пщащэм и хьэщIэщ къихьэну яхуэфащэкъым мы щIалэ мыгъасэхэм, - жриIащ хъыджэбзым. - Тхьэмадэ, зыкъэдгъэцIыху. ЕмыкIу къэтхьащ, ди напэр текIащ, - къэлъэIуащ щIалитIыр. - МыбыкIэ сыкъэфцIыхункIэ хъунщ, - жери Мыхьэмэт и Iэр къаригъэлъэгъуащ. Абы къыфIигъэкIакъым».
{ "source": "apkbr.ru", "id": "527.txt" }
Ди лэжьэгъур дэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэщ Республикэ телевиденэм и лэжьакIуэ нэхъыжьхэм ящыщ, КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист БжэныкIэ Мухьэб ипхъу Ервас (БжэныкIэ) Анисэт сымаджэ хьэлъэ хъуащ. Илъэс ещанэ хъуауэ ар пэщIэтщ лышх узыфэ шынагъуэм (острый лимфобластной лейкоз). Иджыпсту и щытыкIэр нэхъ хьэлъэ хъуащ, куцIым дохутыр IэзэгъуэкIэ зэрыхэIэбэрэ и узыншагъэр екIэкIуащ. КIэлъыплъыныгъэхэм къагъэлъэгъуащ лъымрэ куцIымрэ Iей и лъэныкъуэкIэ зызэрызэблидзар. Урысейм абы и Iэзэгъуэ зэрыщыхуамыгъуэтым къыхэкIыу, Китайм яшэн хуейуэ къыхуагъэуващ. ГугъапIэу яIэжыр CAR-T геннэ IэзэгъуэкIэ иджырей IэмалыщIэхэрщ. Абы текIуэдэнущ сом мелуани 3. Ар мылъку мащIэкъым, ауэ икIи егъэлеищакъым. ИлъэсищкIэ уз шынагъуэм пэщIэта унагъуэм я мылъкур абы текIуэдащ. Жьы хъуа адэ-анэм я унэр ящэну къагъэлъэгъуащ, ауэ зэкIэ щэхуакIуэ къыкъуэкIакъым. ДыноволъэIу гулъытэншэу къэвмыгъанэу фхузэфIэкIымкIэ дэIэпыкъуэгъу фахуэхъуну. Карта: Олег Адальбиевич Е. 4276600035309604 Мылъкур зэрызэхуахьэсым фыщыкIэлъыплъыфынущ Инстаграмым: www.instagram.com/pomosch_anisat/
{ "source": "apkbr.ru", "id": "528.txt" }
Бахъсэн щIыналъэ Япэ игъэщыпхъэхэр ЩIыпIэ самоуправленэмкIэ советым и 30-нэ сессием и лэжьыгъэм хэтащ щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ Балъкъыз Артур, районым и прокурор Башорэ Аслъэн, КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министрым и къуэдзэ Къанэмэт Рустам, депутатхэр, нэгъуэщIхэри. Бахъсэн щIыналъэм туризмэм зыщегъэужьыным, зыгъэпсэхуакIуэхэр нэхъ дэзыхьэхыну къалъытэ щIыпIэхэр къыхэхыным теухуауэ къэпсэлъащ Балъкъыз Артур. Абы къыхигъэщхьэхукIащ къуажэ туризмэр унэтIыныгъэщIэу, псынщIэу зызыубгъу IэнатIэу зэрыщытыр. УнафэщIым кърибжэкIащ Бахъсэн районым туристхэр здэкIуэ хъуну щIыпIэу гулъытэ нэхъ зыхуэщIыпхъэхэр: щрагъаджэ-щагъэлажьэ комбинат зыхэт агротехнопаркыр, «Агро-Ком» ООО-м и теплицэ комплексыр, гъущI-бетон пкъо цIыкIухэр къыщIэзыгъэкI «Базис» ООО-р, Кавказ Ищхъэрэ псом щыяпэ, Жанхъуэтекъуэ къуажэм щыIэ, робот IэмэпсымэхэмкIэ лажьэ фермэр, къуажэхэм дэт лъахэхутэ музейхэр, Хьэрэкхъуэрэ и Iэгъуэблагъэм къыщахута бгъуэнщIагъхэр, Къулъкъужын Ипщэ «Мывэкъалэр», ХьэтIохъущыкъуей къуажэм къыщхьэщыт «910» лъагапIэр, узыншагъэр щрагъэфIакIуэ «Джэдыкъуэ» щIыпIэ телъыджэр. «Къуажэ туризмэр къыхэзыхахэм яфIэгъэщIэгъуэн хъунущ Жанхъуэтекъуэ къуажэм щыщ БатIитIэ Мухьэмэд и лэжьыгъэри. И IэпщIэлъапщIагъэкIэ зыми хуумыгъэдэн гъукIэ щIалэм адыгэхэм лIэщIыгъуэкIэрэ къадекIуэкIа IэщIагъэхэр къегъэщIэрэщIэж», - къыхигъэщащ къэпсалъэм. Къанэмэт Рустам къыхигъэбелджылыкIащ турист гъуэгуанэхэр яубзыхуным районым и лъэщагъ псори хуэзэщIагъэуIуэн зэрыхуейр. Зытепсэлъыхьа Iуэху псоми зыхуэфащэ унафэхэр тращIыхьащ. ЧЫЛАР Аринэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "529.txt" }
Адыгэ щэнхабзэм и пхъуантэдэлъ Дуней псом зы адыгэ тету къыщIэкIынкъым КъардэнгъущI Зырамыку и цIэр зэхэзымыхарэ ар фIыуэ зымылъагъурэ. Зырамыку хуэдэ лIы щэджащэхэр илъэсищэ къэс зэ къызыщIэхъуэ лъэпкъым и насыпщ. Къызыхуалъхуар лъэпкъыр игъэгуфIэну, игъэбжьыфIэну арати, а къалэн лъапIэр гъэзэщIэ­ныр пасэу, щIалэ дыдэу щIэзыдза Зырамыку щIыхуэ къытехуауэ жызыIэфын адыгэ уафэмрэ щIылъэмрэ я зэхуакум къыдэбгъуэтэну къыщIэкIынкъым. ИЛЪЭС куэд дыдэкIэ адыгэлI щыпкъэ Къардэн­гъущI Зырамыку гурэ псэкIэ хуэлэжьащ адыгэ щэнхабзэмрэ ­гъуазджэмрэ. Ауэ сытми хуэлажьэ къудейкъым - ищIэр хъууэ, абы ищIам ущIытеIэзэщIыхьыжын щымыIэущ ар сытым дежи зэрылажьэр. И художественнэ тхыгъэхэми и хъыбар къэIуэтэжыкIэхэми «КъардэнгъущI» дамыгъэр ятелъщи, а лъэпкъ дамыгъэр зыхэбгъэгъуэщэн щыIэкъым. Ар зейр Зырамыкущ! ЩIэныгъэлI Къар­дэнгъущIым зэхуихьэсыжа хъыбарыжь, уэрэдыжь ­къомыр-щэ! Ахэр адыгэ щэнхабзэм и пхъуантэдэлъ мыкIуэды­жыну игъащIэ псокIэ ди лъэпкъым бгъэдэ­лъыну мылъкушхуэщ. Абы адыгэ уэрэдыжьхэр уахътыншэ зэрищIар-щэ! Зырамыку ахэр зэригъэзащIэм хуэдэу жызыIэфын диIауи диIэнуи фIэщщIыгъуейщ. Ар уэрэджыIакIуэ ­къудейтэкъым - уэрэдхэм езым и псэр яхилъхьэрт, и бзэр яIурилъхьэрти, ахэр тхыдэIуатэ псэлъэгъу телъыджэ къытхуищIырт. А IуэхумкIэ Зырамыку зебгъэщхьыну ухуе­жьэныр щхьэгъэпцIэжщ. А цIыху хьэлэмэтым ещхьу уэрэд пхужыIэн щхьэкIэ… етIуанэу мыхъуу, езы КъардэнгъущI Зырамыкуу ущытын хуейщ - абы и псэр пIуту, и гур, и макъыр уиIэу. Апхуэдэ къэхъу щымыхабзэкIэ, зы Зырамыкущ дэ зэкIэ диIэр. Мис а Зыр дыхуэсакъыу тхъумэу, абы хуэмыфащэ пщIэрэ щIыхьрэ щыIэтэкъыми, ахэр лъыдгъэсащ, зыхуей хуэдгъэзащ, дяпэ идгъэтыну ­къилэжьырти. Зырамыку КъардэнгъущIтэкъым, атIэ нартхэ я гъукIэ Лъэпкъ и кIыщым щапсыхьа Къардэн-жыр къы­зэфIэмыщIэжт. Алыхьым къызэрихъумамрэ зэрыжыр быдэмрэщ ар куэдрэ зыгъэпсэуар. ЕЛГЪЭР Кашиф, КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "53.txt" }
Гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэр къызэрагъэпэщ КъБР-м Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ, министерствэм, балигъ мыхъуахэр кIэлъыплъыныгъэншэу къэмынэным, хабзэр къыщызэпауд къэмыгъэхъуным кIэлъыплъ IэнатIэхэм ящIыгъуу, узыншагъэр щрагъэфIакIуэ IуэхущIапIэхэм илъэс ещанэ хъуауэ къыщызэрегъэпэщ я учётым щыт, зыхуей хуэмызэ ныбжьыщIэхэм загъэпсэхуныр. Къапщтэмэ, «Лидер» зыфIаща сменэм нэгъабэ щыIащ республикэм и район зэмылIэужьыгъуэхэм щыщ сабий 70. МВД-м иджыблагъэ щекIуэкIащ а Iуэху дыдэр къызэзыгъэпэщыну лэжьакIуэ гупым и зэIущIэ. Абы хыхьащ балигъ мыхъуахэр кIэлъыплъыныгъэншэу къэмынэным, хабзэр къызэпыудыныр къэмыгъэхъуным зи нэIэ тет IэнатIэ псоми я лIыкIуэхэр: КъБР-м и Жылагъуэ палатэм, КъБР-м щыIэ МВД-м дэлажьэ Жылагъуэ советым, ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ, СпортымкIэ, ЩэнхабзэмкIэ, Лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ, Узыншагъэр хъумэнымкIэ министерствэхэм, Урысей МЧС-м и Упрвленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм, КъБР-м щыIэ УФСИН-м, Урысей ФЧВНГ-м и Управленэу КъБР-м щыIэм щыщхэр, Сабийм и хуитыныгъэхэмкIэ уполномоченнэу КъБР-м щыIэм и лIыкIуэр. Хабзэ зэрыхъуауэ, сабийхэм зыщагъэпсэхунущ Налшык къалэ дэт «Вершина» санаторэ» ООО-м. КъБР-м щыIэ МВД-м полицэм и участковэ уполномоченнэхэм я лэжьыгъэр къызэгъэпэщынымрэ балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ и къудамэм и унафэщI Ащхъуэт Аслъэн къыхигъэщащ а лэжьыгъэр балигъ мыхъуахэм хабзэр къызэпаудыныр гъэмэщIэнымкIэ сэбэп зэры­хъунур. ЗэIущIэм хэтахэр тепсэлъыхьащ зэщIыгъуу ирагъэкIуэкIыну Iуэхухэм: абыхэм ящыщщ спорт зэпеуэхэр, психологхэр сабийхэм ядэгъэлэжьэныр, концерт зэмылIэужьыгъуэхэр. КъБР-м щыIэ МВД-м и пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "531.txt" }
ХХ лIэщIыгъуэм дзюдомкIэ и тренер нэхъыфI Куэблэ Екъуб и дамыгъэхэр къебжэкIын къудейм напэкIуэцI зыбжанэ ихьынущ, ар щыпсэуа унэми фэеплъ пхъэбгъу фIэлъщ. ХХ лIэщIыгъуэм дзюдомкIэ и тренер нэхъыфIым къытхуигъэнащ щIэныгъэр и лъабжьэу зыгъэсэныгъэхэр къызэрызэрагъэпэщ щIыкIэр. ЦIыхуищэхэр абы дзюдом дригъэхьэхащ икIи ехъулIэныгъэ инхэр къаригъэхьащ. Яхэтщ Куэблэм и гъэсэнхэм олимпиадэхэм, дунейпсо, европэпсо зэхьэзэхуэхэм я чемпионхэр. Къэралым щынэхъ лъэщахэм я бжыгъэр къыпхуэмылъытэнщ. Мы гъэм дыгъэгъазэм (декабрым) и 27-м илъэс 80 ирокъу Куэблэ Екъуб Краснодар крайм хыхьэ ТIуапсы щIыналъэм щыIэ Псэушхуэ Ин къуажэм къызэрыщалъхурэ. ГъащIэ тынш абы и натIэм къритхатэкъым, ауэ Тхьэшхуэр Iыхьлы куэдыкIеймкIэ къыхуэупсат. Куэблэ Къамболэт ар и бын епщIанэт икIи и къуэхэм ящыщу ебланэт. Дауи, Екъуб зыгъэфIэнхэр и куэдт, арщхьэкIэ псори къызэтрикъутащ мыгувэу къэхъея Хэку зауэшхуэм. Къамболэтрэ и къуищымрэ абы я щхьэр халъхьащ, адрейхэм я гъащIэр дэгъэзеигъуэ хъуащ. «Ди къуажэм дэтыр классибл школт, - игу къигъэкIыжырт Екъуб. - Си шыпхъу нэхъыжьыр яшауэ Анапэ дэсти, абы сызришэлIэжри, илъэситIкIэ къалэ школым сыщIэсащ. АрщхьэкIэ гъащIэр матэщIэдзакъым, ебланэ классыр сыщалъхуа жылэм къыщызухри, еянэм гъунэгъу къуажэм щыпысщэн хуей хъуащ. Ар километр пщыкIутIкIэ тпэжыжьэт икIи унэсын папщIэ бгыи къуакIи лъэсу къызэбнэкIын хуейт, щIымахуэм уэс куум лъэгуажьэм фIэкIыу упхрыкIыу». Куэблэ Екъуб хуабжьу фIэфIу гъунэгъу къуажэм дэт школым кIуэрт икIи гугъуехь псори щызыгъэгъупщэхэм ящыщт абы алыдж-урым бэнэкIэмкIэ секцэ зэрыщыIэр. Бгырыс ныбжьыщIэхэр махуэ псокIэ алэрыбгъум щызэныкъуэкъуфынут, хэт нэхъ лъэщми яхузэхэмыгъэкIыу. Я тренерри зэфIэкI хъарзынэ зыбгъэдэлъ бэнакIуэ щIалэщIэт. АрщхьэкIэ Екъуб абы куэдрэ зыщигъэсакъым - лейтенант нэхъыжьу дзэм къулыкъу щызыщIэ и къуэш нэхъыжьыр Одессэ ягъакIуэрти, къызэдищтащ, и анэм и Iуэхухэр нэхъ тынш ищIын папщIэ. Спортым гу хуэзыщIа щIалэщIэр щIыпIэ жыжьэми щыхэшыпсыхьакъым. Ар жыджэру хэтт здэIэпхъуа школым щекIуэкI сыт хуэдэ зэхьэзэхуэми икIи ехъулIэныгъэхэр щиIэт. «Сэ бэнэныр хуабжьу сфIэфIт, арщхьэкIэ школым и цIэкIэ футболи, волейболи, баскетболи сыджэгурт, атлетикэ псынщIэмкIэ зэхьэзэхуэхэм сыхэтт, - жиIэжырт Екъуб. – Си къуэшыр зыхэт дзэ частым папщIи зэхьэзэхуэхэм сыщашэ къэхъурт икIи алыдж-урым бэнэкIэмрэ самбэмкIэ утыку сыкъихьэрт. Спортым ехъулIэныгъэ сыщиIэхэм сытрагъэгушхуэщ, си къуэшым сечэнджэщри, Кишинёв дэт физкультурэмкIэ техникумым сыщIэтIысхьащ. Абы си насып къыщикIащ – самбэмкIэ секцэ лъэщ щылажьэрт. Илъэс нэхъ дэмыкIыу Молдавием и командэ къыхэхам сыхагъэхьащ икIи зэпеуэ инхэм сыкIуэу хуежьащ». Я шхынкIи щатIэгъэнкIи цIыхухэр зыхуей щыхуэмызэ зауэ нэужь лъэхъэнэ хьэлъэт. Абы щыгъуэми спортым къригъэлащ – зэхьэзэхуэхэм щыхэтым и деж иришхэн папщIэ махуэ къэс сомитIрэ ныкъуэрэ и уасэ талон къратырт! Екъуб и щIакхъуэ Iыхьэр хьэлэлу къилэжьыжырт. Ар бэнэкIэ хуитымкIи, алыдж-урым бэнэкIэмкIи, самбэмкIи, «трынтэ» молдовэ лъэпкъ бэнэкIэмкIи утыкушхуэхэм къихьэрт икIи куэдрэ щытекIуэрт. Хьэлэмэтракъэ, дзюдокIэ зэхьэзэхуэхэм а лъэхъэнэм зэи хэтакъым. Абы и пIалъэр къыщысар Мейкъуапэ къигъэзэжа иужькIэщ. Молдавием и чемпион, лIэужьыгъуиплIымкIэ спортым и мастер Куэблэ Екъуб ФизкультурэмкIэ техникумыр къиуха иужькIэ, лэжьапIэ Бендеры щIыпIэм трагуэшащ. АрщхьэкIэ, еджэным къыпищэмэ нэхъ къищтэри, Кишинёв къэрал университетым физкультурэмкIэ и къудамэм заочнэу щIэтIысхьащ. А лъэхъэнэм тренер IэщIагъэм и япэ хъерри илъэгъуащ: и гъэсэнхэм ящыщу тIум спортым и мастерым и мардэр ягъэзэщIащ. Дапхуэдизу и Iуэхухэр фIыуэ дэмыкIми, Екъуб и псэр щалъхуа щIыпIэмкIэ, IыхьлыхэмкIэ къеIэжырт. Зэгуэрым, зыгъэпсэхуакIуэ ТIуапсы къэкIуэжауэ, я къуажэгъу и ныбжьэгъум хуэзащ. Ар Мейкъуапэ щыпсэурт икIи щылажьэрти, Екъуби къигъэзэжыну къытригъэхьащ. Апхуэдэу 1965 гъэм фокIадэм (сентябрым) и 16-м Куэблэм гъащIэщIэ щыщIидзащ Адыгейм и къалащхьэм дэт, егъэджакIуэхэр щагъэхьэзыр институтым. ПсэухукIэ а зэпыщIэныгъэр зэпыуакъым. Мейкъуапэ дэт пединститутым Куэблэ Екъуб и жэрдэмкIэ физическэ гъэсэныгъэмкIэ кафедрэ мыгувэу къыщызэIуахащ икIи ар лъабжьэ хуэхъуащ иужькIэ къэунэхуа факультетым. Илъэс щэщIрэ тIурэ фIэкIа зи мыныбжь щIалэщIэри абы и декану ягъэуващ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ Iэмал игъуэтащ спортымрэ щIэныгъэмрэ къызэдигъэгъуэгурыкIуэну. ИужькIэ дуней псом цIэрыIуэ щыхъуащ Куэблэм Мейкъуапэ къыщызэригъэпэща дзюдомрэ самбэмкIэ школыр. Тренер лэжьыгъэмрэ щIэныгъэмрэ зэдэхьыгъуейщ. Куэблэ Екъуби зэманыр сыт щыгъуи къемэщIэкIырт. Апхуэдэу щыт пэтми, дэни хунэсыну хущIэкъурт. Егъэджэныгъэ нэужьым тренировкэхэм кIуэурэ я гъэсэнхэм я Iуэхухэр зэрыхъум кIэлъыплъырт. «Зы Iуэхугъуэ гуэр хуабжьу сигу къинащ, - къыддогуашэ ди лэжьэгъу, Адыгейм щIыхь зиIэ и журналист, Куэблэм и деж зыщигъасэурэ дзюдомрэ самбэмкIэ спортым и мастер хъуа Къуиикъуэ Асфар. – Тренировкэхэр дыухауэ дызэбэну, Екъуб къэкIуащ. Ар лъэныкъуэкIэ щыту къытхэплъэрт. Абы ирихьэлIэу, ди гъусэу зызыгъасэхэм ящыщ зым, зэфIэкI хъарзынэхэри зэриIэр икIи Европэм и ныбжьыщIэ чемпионатым зэрыхэтар и набжьэм телъу, дзюдом къыхыхьагъащIэ щIалэщIэ гуэр утыкум къришауэ и Iэзагъ лъагэр къытхуегъэлъагъуэ, адэкIэ идзрэ мыдэкIэ къидзыжу. Зыгъэсэн щIэзыдзагъащIэхэм нэхъ зэфIэкI зиIэхэр дыщысхь хабзэт, мыр аратэкъым. Екъуб Iуэхур къыщыгурыIуэм, плъыжьу къызэщIэплъащ. Лъэныкъуэ зригъэзщ, кIэстум зэфIэтыр щихри, зэрыбанэ фащэр щитIэгъащ. Утыкум ихьэри, хъийм икIа щIалэр къебэныну къыхуриджащ. ХьэлъагъкIэ ахэр зэхуэдэт, ныбжькIэ куэдкIэ зэщхьэщыкIми. Арати, щIалэгъуэ къэукъубеймрэ зэпIэзэрыт Iэзагъымрэ зэпэщIэуващ. Дымыбауэу дэ абы дыкIэлъыплъырт, кърикIуэнур тфIэхьэлэмэту. Гладиаторхэр лIэн-къэнэну зэзауэу фIэкIа пщIэнтэкъым. Екъуб и Iупэр зэгуэудат, щIалэщIэми и лъэр хузэблэхыжыртэкъым. ЗэпэщIэтыныгъэм и кIэухым Куэблэм Iэмал къигъуэтри, и хьэрхуэрэгъур хигъэщIащ. ЩIалэщIэм и нэпсхэр къекIуат. «ЗэгъащIэ, щIалэфI, - жриIащ абы гъэсакIуэ Iущым, - уэ нэхърэ нэхъ лъэщрэ нэхъыфIрэ щымыIэу зэи къызыщумыгъэхъу, къофIэкIыфын сыт щыгъуи къыкъуэкIынущ». Апхуэдэу дигъасэрт Куэблэ Екъуб». ГъащIэми лъэпощхьэпо куэд къыщызэринэкIащ абы. Куэблэм къызэригъэпэща школым и гъэсэнхэр цIэрыIуэ зэрыхъуу, зэбграшыну къещэр мащIэтэкъым. Ар къащемыхъулIэм и деж хьэгъэщагъэхэм хуэкIуэрт. Къапщтэмэ, сыт хуэдиз бэлыхь дишэча Невзоров Владимир. Совет Союзым щыщу аращ япэ дыдэу дзюдомкIэ дунейпсо чемпион хъуар икIи олимпиадищ зэкIэлъхьэужьу къихьыфынут. АрщхьэкIэ 1972 гъэм Мюнхен (Германием) щекIуэкIа Олимп джэгухэм ягъэкIуакъым, илъэсиплI дэкIа иужькIи Монреаль (Канадэм) ямыутIыпщыну хэтащ, дуней псом щыпашэу щыт пэтми. Сытми яIэщIэкIащ икIи дауэ лъэщу зыкъигъэлъэгъуа! Ар Олимп чемпион хъуам и закъуэкъым, атIэ техникэ нэхъыфI дыдэ зиIэу къалъытащ икIи дзюдор къэзыгупсыса японхэр щыту абы Iэгу хуеуэрт. Невзоровым зэфIэкI лъагэ илъэс куэдкIэ зэкIэлъхьэужьу къигъэлъэгъуащ, ауэ 1980 гъэм Мэзкуу щекIуэкIа Олимпиадэм ирихьэлIэу аргуэру «ядзащ». А псори гутегъэхуэгъуейт, арщхьэкIэ гъащIэм щыщ Iыхьэт. Куэблэ Екъуб зэфIэкI зиIэхэм пасэу гу лъитэрти, гъуэгу зэрыритыным хущIэкъурт. Апхуэдэ зыщ мы Iуэхугъуэр. Ар къыщыхъуар 1976 гъэращ. Зыгъэсэныгъэхэр щекIуэкI пэшым зэрызехьэмрэ псалъэмакъымрэ щыкуэдт. Тренер цIэрыIуэ Куэблэ Екъуб и макъым зыщригъэIэтым, псори зэщIэщымащ: - Иджыпсту Арамбий и бэнэкIэм фыщигъэгъуэзэнущ. Алэрыбгъум фыкъетIысэкIи, набдзэгубдзаплъэу фыкIэлъыплъ, - жиIащ абы. Адыгейм хыхьэ Теучэж щIыналъэм и Таухьэблэм 1953 гъэм къыщалъхуа Хьэпай Арамбий и ныбжьыр абы щыгъуэм илъэс пщыкIущ хъуа къудейуэ арат, ауэ и зэфIэкIымкIэ цIэрыIуэ хъуакIэт. Алэрыбгъум мыпIащIэу къытехьа Iэбыдэ-лъэбыдэ бэнакIуэм зэуэ и хьэрхуэрэгъур ипхъуатэри, тридзащ. - Иджы, ардыдэм хуэмурэ къытегъэзэжыт, - зыхуигъэзащ абы Екъуб икIи, щысхэмкIэ къеплъэкIыжри, къыпищащ: – Фэри феплъыт Арамбий и лъакъуэхэр зэригъэувымрэ и Iэхэр здишиимрэ. Хьэпайм теухуауэ Куэблэр щыуакъым. Тренер гъуэзэджэм абы къыхищIыкIащ Совет Союзми, Европэми, дуней псоми куэдрэ я чемпион. ИужькIэ езы Арамбии гъэсакIуэ гъуэзэджэ хъуащ икIи СССР-ми Урысей Федерацэми щIыхь зиIэ я тренер цIэхэр къыфIащащ. 1993 гъэм Мейкъуапэ пединститутыр Адыгей къэрал университет хъуащ. Абы физическэ щэнхабзэмкIэ и факультетым и декан, Совет Союзымрэ Урысей Федерацэмрэ щIыхь зиIэ я тренер, профессор, педагогикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Куэблэ Екъуб IэмалыщIэхэр къыхузэIуихащ: физкультурэмкIэ факультетыр Физическэ щэнхабзэмрэ дзюдомкIэ институт ящIащ икIи езыр ректору ягъэуващ. Зэманым къигъэлъэгъуащ щIэныгъэлI Куэблэ Екъуб спортым лъагъуэщIэ зэрыщыпхишар. Абы и гупсысэхэр гъащIэм хипщэфащ икIи етIощIанэ лIэщIыгъуэм дзюдомкIэ и тренер нэхъыфI хъуащ. ЖыпIэну ирикъунщ къызэригъэпэща школым зэригъэхьэзырар СССР-мрэ УФ-мрэ щIыхь зиIэ и мастеру 11, дунейпсо классымкIэ спортым и мастеру 60-м щIигъу, спортым и мастеру 300-м щIигъу, Олимп, дунейпсо, европэпсо чемпионхэр… Абы къыпэкIуащ ГуащIэдэкI Бэракъ Плъыжь орденыр, «ЩIыхь дамыгъэ» орденитIыр, «Адыгейм и щIыхь» медалыр, «Мейкъуапэ щIыхь зиIэ и цIыху» цIэ лъапIэр, щIыхьыцIэ куэд. Куэблэм и цIэр зыфIащыжа институтым ар щащыгъупщэркъым икIи абы и музей къыщызэIуахащ. Къыдэлэжьахэмрэ и гъэсэнхэмрэ зэрыщыта дыдэм хуэдэу зэфIагъэувэжыфащ Екъуб и лэжьапIэ кабинетыр. Абы щIэлъщ бжыгъэншэ дамыгъэ лъапIэхэр, дэфтэрхэр, щыгъынхэр… Блынхэм къатощ щалъхуа Псэушхуэ Ин къуажэм и теплъэр, и гъэсэн цIэрыIуэхэм я сурэтхэр. 2012 гъэм гъатхэпэм (мартым) и 3-м и ныбжьыр илъэс 73-м иту дунейм ехыжа Куэблэ Екъуб щыщIалъхьа Мейкъуапэ дэт муслъымэныкхъэм щыхуагъэува фэеплъ сыным сыт щыгъуи цIыхухэр щыкуэдщ. Абыхэм ящыгъупщэркъым адыгэлI гъуэзэджэм къызыхэкIа лъэпкъым и пщIэр лъагэу щIыпIэ куэдым зэрыщиIэтар икIи псэухукIэ зэрыхуэпэжар. Сурэтхэм:И гъэсэн нэхъыфIхэу Невзоров Владимиррэ Хьэпай Арамбийрэ чэнджэщ ярет. И ныбжьыр илъэс 70 щрикъум. Куэблэм и музейм. Жыласэ Заурбэч.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "532.txt" }
МЫСЫР ШЭРДЖЭС ПАЩТЫХЬХЭР Абыхэм ятеухуауэ къыдэкIащ икIи къыдокI тхыгъэшхуэхэр, романхэр, повестхэр. Курыт лIэщIыгъуэм щыIа мамлюкхэм я къэралыгъуэм и лъэщагъым, и ехъулIэныгъэ инхэм тетхыхькIэрэ, КъуэкIыпIэм и щIэныгъэлI цIэрыIуэхэр, къэхутакIуэхэр, тхыдэм елэжьхэр, географхэр мызэ-мытIэу къытеувыIахэщ икIи къытоувыIэ Мысырымрэ (Египет) Сириемрэ мамлюкхэм щаIэщIэлъам экономикэ псэуныгъэм, щэнхабзэм, гъуазджэм я лъэныкъуэкIэ абыхэм зыужьыныгъэ ин ягъуэтауэ зэрыщытам. Хэт-тIэ а мамлюкхэр? Ахэр къэрал жыжьэм дауэ къыщыхутат? Сыту щыта ахэр икIи илъэс 737-рэ лъандэрэ абыхэм я нэIэ щхьэ трагъэт? Мысырым, апхуэдэу абы и гъунэгъу Сириемрэ Палестинэмрэ я политикэ гъащIэр XI - XIII лIэщIыгъуэхэм икъукIэ гурыIуэгъуейт. ЕпщIанэ лIэщIыгъуэм и япэ илъэсипщIым Мысырым бжьыпэр щаубыдат фатIимидхэм. Абыхэм хъалиф Алий «пэжырытелъхьэмрэ» абы и щхьэгъусэ Мухьэмэд бегъымбарым ипхъу ФатIимэтрэ къызэралъхуам къыхэкIкIэ унафэ зыщI лIэужьу къэгъуэгурыкIуэрт. Я къэрал щыхьэру фатIимидхэм хах Нил Iуфэ 969 гъэм щаухуа Каирыр (хьэрыпыбзэкIэ аль-Къахьирэщ - «удэзыхьэх» къокI), иужькIэ щIэх дыдэу КъуэкIыпIэ Гъунэгъум щыIэ къалэхэм я нэхъ ин дыдэ хъуар. ЕпщIанэ лIэщIыгъуэм и кIэуххэм фатIимидхэм къазэу Палестинэмрэ Сирием и щIыналъэ Iыхьэшхуэрэ. ФатIимидхэм (910 - 1171) я хъалифэт къохъу. Курыт лIэщIыгъуэм щыIа муслъымэн лIакъуэ куэдым ещхьу, зауэ хуэIухуэщIэ и лъэныкъуэкIэ фатIимидхэм я щIэгъэкъуэнт езыхэм я щхьэхъумэ гвардиер. Абы хагъэхьэхэр къыхахырт лIыщIэу къащта магърибхэм, тыркухэм, апхуэдэу Суданым щыщ негр гъэр нэхъ щIалэхэу бэзэрхэм къыщащэхуу Мысырым къашахэр, иужькIэ зауэ Iуэхухэм хурагъаджэхэм. ИкIэм-икIэжым фатIимид хъалифыр хуэм-хуэмурэ щхьэхуимыту епха мэхъу гвардием бжьыпэр щызыIыгъхэм. 1171 гъэм мысырыдзэм и унафэщI Сэлэдин (и лъэпкъкIэ хьэмшэрийт) гвардиер щIэгъэкъуэн ещIри, иужьрей фатIимид хъалиф аль-Адидэ тредз икIи езыр сулътIану мэув. ФатIимидхэм я тепщэныгъэр апхуэдэу еух икIи бжьыпэр илъэс 79-кIэ зыIыгъа айюбидхэм я лIакъуэр Мысырым щоув. Айюбидхэр текIуа иужь, фатIимидхэм я щIыналъэм суннизмэм лъэ быдэ щегъуэт. Пэжщ, диным итхьэкъуа фидаIинхэр (губгъуэрысхэр) Сэлэдин тIэунейрэ IэмыкIуэлъэмыкIуэу тоуэ, икIэм-икIэжым сулътIаныр хъумакIуэншэу мыпсэужыф мэхъу, жэщкIэ нэху къыщекIри и щхьэм хуригъэщIа чэщанэрт. Сэлэдин къигъэшын хузэфIокI щхьэзыфIэфI хъуа, зи пIэм имызэгъэж Суданым щыщ негрхэм къыхаха фатIимид гвардиер икIи къэралым и къару нэхъыщхьэ ещI пщIэкIэ яIыгъ хьэмшэрий, тырку зауэлIхэр. Ахэр къигъэсэбэпурэ, зауэ ярещIылIэ Сириемрэ Палестинэмрэ щыIэ франджыхэм. ЕпщыкIузанэ лIэщIыгъуэм и кIэухым ЩIыкурытых (Средиземнэ) тенджызым и къуэкIыпIэм щыIэ къэралхэм жорзехьэхэр къыщоунэху. Абыхэм Сириемрэ Палестинэмрэ фIаубыда щIыналъэхэм къыщызэрагъэпэщ Къудус (Иерусалим) пащтыхьыгъуэр икIи абы и блыгущIэту къэралыгъуищ - Триполи, Эдессэ графствэхэр, Антиохий пщыгъуэр. А къэралыгъуэхэр феод цIыкIухэу игуэшыжырт, абыхэм я тепщэхэр баронхэмрэ лIыхъусэжьхэмрэт. Жорзехьэхэм я щIыналъэр ищхъэрэкIэ къыщыщIидзэрти, псыгъуэ кIыхьу къаблэмкIэ кIуэрт километр 1200-кIэ. Жорзехьэхэм Сириер зэрыщыту къазэун яхузэфIэкIакъым: абы и къуэкIыпIэ лъэныкъуэр - Хьэлэб, Хьамэ, Хьэмус, Щам (Дамаск) къалэхэр зингид тырку лIакъуэм, жорзехьэхэм я бийуэ фатIимидхэм ирагъэкIуэкI бэнэныгъэр мызэ-мытIэу дэзыIыгъым, и IэмыщIэ йохуэ. Жорзехьэхэм я бийуэ фатIимидхэм ирагъэкIуэкI бэнэныгъэм Сэлэдин къыпещэ. Щам къеубыд, япэм зингидхэм яIэщIэлъу щыта Сирием и щIыналъэхэр абы гуегъэхьэжри, Сэлэдин «къэзэуат зауэм» щIедзэ. 1187 гъэм Тивериад гуэлым деж абы франджыхэр къыщеухъуреихь икIи Иерусалимым и пащтыхьыр, и дзэр зэригъусэу, гъэр ещI. Жорзехьэхэм къахуэнэжар Триполи графствэмрэ Антиохий пщыгъуэмрэт, хуабжьу къагъэбыдыхьа къалэ-быдапIэ Тирыр щIыгъуу. Ауэ Сэлэдин хузэфIокI Мысырри, Сириери, Месопотамием и зы Iыхьи зэман кIэщIкIэ зэгуигъэхьэну. АрщхьэкIэ езыр дунейм йохыжри, IэщIэлъа щIыналъэхэр зэкIэщIолъэлъыж. Сэлэдин иужь къинахэр зыхэтар франджыхэм мамыру ядэпсэунырт, уеблэмэ пащтыхь Фридрих ЕтIуанэм Иерусалим иратыж. Айюбидхэм яку къыдэхъуа зэгурымыIуэныгъэхэм лIакъуэр къигъэтIасхъэрт. Жорзехьэхэр тIэунейрэ хущIэкъуащ езы Мысыр дыдэм щитIысыкIыну. Къапщтэмэ, 1219 гъэм абыхэм зэман кIэщIкIэ яIыгъащ Дамиеттэ. Апхуэдэу иужьрей айюбид сулътIан МуIэззэм Туран-шах и зэманым, 1249 гъэм Дамиеттэ деж Людовик ЕпщыкIузанэр зи пашэ франджыдзэр щотIысыкI, арщхьэкIэ 1250 гъэм и пэщIэдзэм Мансурэ деж щекIуэкIа зауэм а дзэр зэтракъутэ, франджы пащтыхьри гъэр ящI. Туран-шах иужькIэ тепщэныгъэр зыIыгъа Сэлихь Нажмудин и зэманыгъуэм (1240 - 1249) мысырыдзэм нэхъ лъы пщтыр зыщIэту хэтар мамлюкхэрт, къащэхуу зауэ хуэIухуэщIэхэм хуагъэса цIыху щхьэхуимытхэрт. Ахэр нэхъыбэу къахэкIат Псыжь Iуфэ lyca адыгэхэмрэ къыпчакъхэмрэ, хы ФIыцIэм Iулъ губгъуэхэм монголхэм гъэр къыщащIри Италием къикIа сондэджэрхэм иращахэт, аргуэру нэхъ лъапIэжу Мысырым и сулътIаным ищэхужахэт. Гъэр ящIахэр муслъымэн диным ирагъэхьэрти, хьэрыпыцIэ фIащырт, зауэ хуэIухуэщIэхэм хуагъасэрти, пащтыхьым и гвардием хагъэхьэрт. Зыщыпсэу хэкум щыхэхэсми, зэкIэ къыпщыхъурт ахэр тепщэхэм я щIэгъэкъуэну. Мамлюкхэм я къарур къызэрыгъуэтыжа иужь, езы сулътIан дыдэр IумпIафIэ къащI. Къэралым нэгъуэщI дэIэпыкъуныгъэ щимыIэу, ар мамлюк дзэ унафэщIхэм я бжьым щIохьэ, езыхэр хуеймэ ар абыхэм трахуфынут е нэгъуэщIкIэ зэрахъуэкIыфынут. Ар къыщощI иужьрей тепщэу щыта айюбид сулътIан МуIэззэм Туран-шахым. 1250 гъэм и накъыгъэм Мансурэ деж жорзехьэхэр щыхагуа иужь, мамлюкхэм ар яукI икIи абы и пIэм Шэджэрэт ад-Дурр сулътIану ягъэув. АрщхьэкIэ мазищ нэхъ дэмыкIыу а цIыхубзыр традз, бжьыпэр еубыд мамлюкхэм я дзэзешэ Айбек (1250 - 1257). Абдеж щыщIедзэ бахъритхэм я тырку мамлюк лIакъуэм. Абы игъуэта цIэр къежьэныр къызыхэкIар мамлюкхэм я казармэр япэ щIыкIэ Нил хэт хытIыгухэм ящыщ зым - ар-Рэудэм - зэрыщыIарт. «Бахър» псалъэм «тенджыз» жиIэу къокI. «ЩIэныгъэ» тедзапIэм 1971 гъэм къыщыдэкIа «Муслъымэн лIакъуэхэр» тхылъым (зэзыдзэкIар П. А. Грязневичщ) Манчестер дэт университетым и профессор Клиффорд Босуорт щетх: «Мамлюкхэм я унафэ щIыкIэр гъэщIэгъуэнт, абыхэм езыхэм яхэтыжт езы сулътIаным и «уней дыдэхэр». Зи щхьэ хуимытыж мамлюкхэрт лъагэу дэкIуеифынухэр. Мамлюк щхьэхуитхэм, я бынхэри ящIыгъуу, дзэми къэралми къулыкъу нэхъ лъахъшэхэрт щаIыгъыну зыхуитыр». Бжьыпэр яубыда нэужь, тырку мамлюкхэм хьэмшэрийхэр лъэныкъуэ ирагъэз икIи къэралым и тепщэхэм яхохьэ. Илъэси 130-кIэ зыми я блыгу ахэр щIэтакъым. А зэманым къриубыдэу Iэтащхьэу мамлюк 25-рэ зэблахъуащ, абыхэм яхэтащ адыгэхэри. Сыт хуэдэ зэфIэкI бахъритхэм ямыIами, ахэр адыгэ мамлюкхэм япэщIэувэфакъым. 1382 гъэм бурджитхэм я тепщэныгъэр ягъэув. К. Босуорт къызэрилъытэмкIэ, а цIэр Каир дэт быдапIэ аль-Бурджым, Къэлэун сулътIаным и гвардиер здэщыIам, къытокI. Иужьрей къэхутэныгъэхэр тегъэщIапIэ тщIыкIэрэ, языныкъуэ Iуэхугъуэхэр дубзыхуну дыхуейт. Пэжу, Бурдж цIэр Къэлэун и цIэм епхащ. «Аль-Бурдж» быдапIэр «Бэдж» адыгэ унэцIэм къытокIыж. Ар зэрыпэжым щыхьэт тохъуэ хьэрып тхыдэтх Бадрэддин Элайни (1361 - 1451), къулыкъу IэщIэлъу сулътIан зыбжанэм Каир щадэлэжьар. «Чингиз-хъан и IуэхущIафэхэр мазаем и 25-м 1221 - мазаем и 14-м 1222 гъэхэм» лэжьыгъэм абы щетх: «Абы и тепщэныгъэм зиужьа нэужь, и къуэхэр хэку зэмылIэужьыгъуэхэм игъэкIуащ, яхузэфIэкIыр къаубыдыну, зыпэлъэщыр ягъэкIуэдыну... Абыхэм лъэгущIэт ящIащ тырку лъэпкъхэр, аланхэр, ассхэр, адыгэхэр, урысхэр, а къэралхэм щыпсэу нэгъуэщIхэри; ахэр къагъэIурыщIащ ятеуэкIэрэ, яхъунщIэкIэрэ, гъэру яубыдкIэрэ, я щIыналъэхэр нэщI ящIкIэрэ. Гъэр хъуа лъэпкъхэр Сириемрэ Мысырымрэ яшащ. Ахэрщ мамлюкхэр къызытехъукIыжари»... К. Босуорти абы щыхьэт тохъуэ: бахъритхэр нэхъыбэу къызытехъукIар монголхэмрэ хьэмшэрийхэмрэ яхэзэрыхьыжа, къаблэ лъэныкъуэмкIэ урыс губгъуэхэм щыпсэуа къыпчакъхэрамэ, бурджитхэм я нэхъыбэр зыщыщар Кавказым щыпсэу адыгэхэращ. Мамлюкхэм я тепщэныгъэр иухыным нэблэгъэху (XIX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм) зауэлIхэм я нэхъыбэр адыгэхэм къыхашу щытащ»... Головин Иван итха «Кавказ цIыхухэр» тхылъым, 1854 гъэм Лондон къыщыдэкIам, итщ: «ХIII лIэщIыгъуэм щыщIэдзауэ Бэгъдад и бэзэрхэм щащэрт зэуэкIэм хуэIэзэ адыгэхэм я сабийхэр». Абыхэм ящыщ щIалэ цIыкIу гуэрым зэреджэр Мыхьмуд Бейбэрст. Япэ щIыкIэ ар Бэгъдад щащэ, иужькIэ Хьэлэб къыщащэхуж Сэлихь Нажмудин и гвардием щхьэкIэ. Бейбэрс - еплIанэ мамлюк сулътIаным - и къекIуэкIыкIар гъэщIэгъуэнщ, лъэпощхьэпои и куэдщ. ЗэуэкIэм щыхурагъаджэ курсыр къиуха нэужь, ар мамлюкыдзэм хагъэхьэ, псынщIэуи докIуей. Мансурэ деж щекIуэкIа зэхэуэшхуэм акъыл зыхэлъ дзэзешэу зыкъыщегъэлъагъуэ. Жорзехьэхэр зэрызэхакъутэу, Туран-шах сулътIаным и бийхэм я унафэщI щэхуу мэхъу икIи ар зыукIахэм ящыщ зыт. Апхуэдэу къэгъазэ имыIэу абы и гъуэгум трегъэкIуэт Къутызи. 1260 гъэм, муслъымэнхэр монголхэм ятекIуа иужь, абы сулътIан тахътэр еубыд. Мысырымрэ Сириемрэ я унафэщIым цIэщIэ - аз-Захир Рукн ад-Дин Бейбэрс Езанэ аль-Бундукдари - зыфIещыж. И лъэр къэралым щегъэбыдэри, и гъунапкъэхэм хигъахъуэу щIедзэ. ТекIуэныгъэ щIэмычэу къызэрихьым, къихъунщIэхэр щымысхьыжу и дзэм зэрахуигуэшым къыхэкIкIэ, мамлюк хъыжьэхэм деж ар цIэрыIуэ щохъу икIи илъэс пщыкIублкIэ къыхэмыщтыкIыу сулътIан унафэр еIыгъ. МысырыщIым къит хъерыр къиIэтын мурадкIэ, абы унафэ ещI псы зэрыщIагъэлъадэ гъуэгухэр зэрагъэпэщыжыну, IущIапIэхэр, кIэнауэхэр яухуэну. Абы и тетыгъуэм Мысырымрэ Сириемрэ я щIыналъэхэр щIэрыщIэу ягуэшыж. Бэгъдад монголхэм зэраIэрыхьар, хъалифэтым и къуэкIыпIэ щIыпIэхэм дежкIэ нэщхъеягъуэшхуэу щытар, сэбэп мэхъу Мысырым и къэрал щIыб сатум зиужьынымкIэ. ЕпщыкIущанэ лIэщIыгъуэм и кум къыщыщIэдзауэ Мысырым кIуэцIрыкIт Индием, КъуэкIыпIэ Жыжьэм, Африкэм, ЩIыкурытыхым и Iуфэм Iyc къэралхэм къикIырт гъуэгу нэхъыщхьэхэр. Апхуэдэ щIыкIэкIэ, Бейбэрс и тетыгъуэм щыгъуэ Каиррэ Александриерэ КъуэкIыпIэр КъухьэпIэм щещахуэ щIыпIэм и кум кIуэцIрыкI къалэ мэхъухэр. СулътIаным сату IуэхухэмкIэ зэгурыIуэныгъэ зыбжанэ ярещIылIэ Генуи, Сицилиеми, Испаниеми. Мысырым и тхыдэтх цIэрыIуэ аль-Макризи (1364 - 1442) щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, Бейбэрс къыщалъхуар къыпчакъ губгъуэхэрт, абы и нэхэр щхъуантIэт, езыр къамылыфэт, макъ лъэщ иIэт, гуащIэт. Инджылыз къэхутакIуэ Уильям Моер зэритхымкIэ, а сулътIаныр тыркут. «Аль-Мазарэт аль-исламие уэл асар ал-Арабие» («Хьэрып муслъымэн мавзолейхэмрэ кхъэлэгъунэхэмрэ», 4-нэ том, 406-нэ нап.) тхылъым дэ къыщыдогъуэт Бейбэрс сулътIаныр къызыхэкIар адыгэу. «Аз-Захир Бейбэрс сулътIаным и гъащIэм и къекIуэкIыкIар» лъэпкъ романым («Художественнэ литературэ» тхылъ тедзапIэм 1975 гъэм урысыбзэкIэ къыщыдэкIащ) дыкъыщоджэ: «ИтIанэ сулътIаным унафэ ищIащ и блыгущIэт Шахин улемхэм кърата чэнджэщыр игъэзэщIэн хуейуэ. Шахин и пщылIхэм ящыщ зы гъэрхэр зыщэм я нэхъыжьым деж игъэкIуащ. ЗэкIуэлIэнум и пащхьэ къиувэри, ежьам жиIащ: «СулътIаным щхьэхъумэ нэс къыхуэхъуну мамлюк къищэхунут. Ар хуейщ гъэр 75-рэ - абы щыщу 25-р адыгэу, 25-р абхъазу, 25-р куржыуэ». СулътIаным къыхуагъуэт мамлюкхэр. Абыхэм яхэтт адыгэ щIалэ Бейбэрс, нэгъуэщIу жыпIэмэ «бий пэрыс» - бийм япэ лъэщIыхьэ. Абы теухуа хьэрып лъэпкъ романыр илъэсищэ зыбжанэкIэ зэхалъхьащ. А тхыгъэм и цIэр япэ дыдэу къызыхэщар Мысырым и тхыдэтх Ибн Ийас (1448 - 1524) и лэжьыгъэрщ. Европэм щыщ кIэлъыплъакIуэ, Мысырым и медицинэ IуэхущIапIэ нэхъыщхьэм и унафэщI франджы Клот-бей 1840 гъэм томитI хъууэ къыдигъэкIат а къэралым щыгъуазэ узыщI тхылъ икIи абы къыщегъэлъагъуэ Бейбэрс теухуа романыр зэрыцIэрыIуэр. Абы лъабжьэ хуэхъуащ адыгэ сулътIан Iущым и къуэдзэу щыта Мухьэдин ибн Абд аз-Захир (1223 - 1293) итхахэр, тхыдэтххэу аль-Макризирэ Ибн ТIэхьри-Бырдирэ (1409 - 1470), нэгъуэщIхэм я лэжьыгъэхэр. Иджырей хьэрып тхакIуэ Тахьэ Хъусейн и сабиигъуэри къуажэм щигъэкIуащ, «Махуэхэр» зыфIища и гукъэкIыжхэм Бейбэрс теухуа романыр къуажэдэсхэм фIы дыдэу зэралъагъум, абы щIэх-щIэхыурэ къахуеджэу зэрыщытам и гугъу щещI. Дунейпсо Ленин саугъэтым и лауреат инджылыз тхакIуэ цIэрыIуэ Олдридж Джеймс и «Каир» тхылъым зэрыщитхымкIэ, Бейбэрс и пщIантIэр, таурыхъхэм зэрыщыжаIам хуэдэу, гъэщIэгъуэнт, къулейт, и дэтхэнэ зы блыгущIэтми IэнатIэ гъэщIэрэщIа иIэт, къапщтэмэ, мыпхуэдэхэу: Шыхэм я тет, Хьэкъущыкъузехьэ, Шхыным и IэфIагъыр зэхэзыгъэкI, Жэщ вакъэхэр зыхъумэ, нэгъуэщIхэри. Ахэри мамлюкхэт, пщы хьэкъ къахьырт, быдапIэм щрагъэкIуэкI зэIущIэхэми хэтт. Дэтхэнэ зы эмирми езым фIэфIыпсу Бейбэрс и тахътэр иубыдынут. АрщхьэкIэ аль-Макризи «псори зылъагъу» аз-Захир и гъащIэ къекIуэкIыкIам зэрыщитхыжымкIэ, сулътIаныр Iэмал хуекIуэрти щIыпIэ куэдым къыщыхутэрт. Зыми ищIэртэкъым дэтхэнэ дакъикъэм ар дэнэ деж щытынуми, абы щигъауэрт зыукIыну къещэхэр. Бейбэрс тутыни шагъыри Каир зыри щригъафэртэкъым, къалэр «игъэкъэбзэн» щхьэкIэ, ефапIэ псори зэхуищIыжат, жорзехьэхэм къыздрашэкIыу щыта, Европэм къраша цIыхубз къэхьпэхэри хэкум ирихужат. И быдапIэм и гъунэгъуу абы Пэжым и телъхьэ чэщанэ щеухуэ, тхьэмахуэмрэ мэремымрэ зэIущIэхэр щригъэкIуэкIын папщIэ, лIыкIуэхэр къригъэблагъэрт. 1264 гъэм Бейбэрс унафэ къыдегъэкI цIыхубзхэм щхьэтепхъуэ, цIыхухъу щыгъын зэрахьэну хуимыту. А илъэсым Каир гъаблэ къыщохъу икIи сулътIаным уэркъ псоми къалэн ящещI езыхэм я хьэкъкIэ щыхьэрым щыпсэу къулейсыз унагъуэ пыухыкIахэр ягъэшхэну. Мамлюкхэм ятеухуауэ хъыбар гъэщIэгъуэнхэр дэ къыщыдогъуэтыж Мысырым щыщ тхыдэтх икIи бзэ щIэныгъэхэм елэжьа Амин аль-Хьэули деж. Абы и тхылъ «Нилрэ Индылрэ я зэпыщIэныгъэхэм» Мамлюкхэм хьэрыпхэм ирагъэцIыхуащ къымызыр - шышэм къыхэщIыкIа фадэр. Аз-Захир Бейбэрс уеблэмэ къымыз щраф Iэнэхэр къызэригъэпэщырт. Мамлюкхэм ядэплъейри, Мысырым щыпсэу цIыхубэм я нэхъыбэм адыгэ пыIэ щхьэратIагъэу щIадзэ. Нобэ Нил Iуфэ щыпсэухэм щIыхь зыпылъу къалъытэ Кавказ лIыхъужьхэм зегъэпщэныр. Бейбэрс зэрымыщIэкIэ хэкIуэдащ. Езым и ныкъуэкъуэгъу Къахьер иригъафэу IуипIэн мурадкIэ щхъухь зыхэлъ фадэбжьэ игъэхьэзырат. АрщхьэкIэ Къахьер Iэмал хуокIуэри, бжьэр зэрехъуэкI. Бейбэрс а щхъухьыр ирифа иужь, махуэ щэщIщ зэрыпсэужар. Абы щыгъуэ ар илъэс 50-м зэрыщхьэдэха щыIэтэкъым. Монголхэм щезэуа лIэщIыгъуэм муслъымэнхэм я зыгъэпщкIупIэ нэхъыщхьэу щытар Каирщ. КъэхутакIуэ Димышкъи 1300 гъэм итхыгъат: «зэи мыкIуэдыжыну» къалэм щыпсэухэр абы щыгъуэ зы мелуаным нэсырт, сыту жыпIэмэ муслъымэн къэралхэм щыпсэухэр монголхэм яIэрымыхьэн папщIэ мыбы щызэхуэсырт. Адыгэ мамлюк сулътIанхэм ягъэпажэрт щIэныгъэлIхэр, IэщIагъэлIхэр, егъэджакIуэхэр. Илъэс 200-кIэ ахэр сэбэпышхуэ хуэхъуащ щIэныгъэмрэ гъуазджэмрэ я лэжьакIуэхэм Каир и щэнхабзэ гъащIэм зрагъэIэтынымкIэ. Къалэм мамлюкхэм щаухуащ мэжджыти 150-рэ, еджапIэхэр, мавзолейхэр. А псори архитектурэ гъуазджэм и хъугъуэфIыгъуэхэм ящыщт. Олдридж Джеймс и «Каирым» щетх: «А лъэхъэнэм унэщIэ хьэлэмэт куэд яухуащ, адыгэ мамлюкхэм я IэдакъэщIэкIыу Каир къыщагъэнащ архитектурэ фэеплъу плIыщI». Бахърит сулътIан Къэлэуни (къызыхэкIар адыгэщ), нэхъ иужьыIуэкIэ абы и къуэ Ан-Насири Каир ухуэныгъэ хьэлэмэтыщэхэр щрегъэкIуэкI. 1284 - 1285 гъэхэм МуIIиз уэрамым Къэлэун щрегъэухуэ къалэм и псэуалъэ дахэ зэхэт. Ар Iыхьищу игуэшырт: мавзолейр, сымаджэщыр, еджапIэр. Мавзолейри еджапIэри нобэр къыздэсым я дахагъэр яфIэмыкIуэдауэ щытщ, ауэ сымаджэщым щыщу къэнар абы и блынхэрщ. Ар 1284 гъэм къыщыщIэдзауэ 1850 гъэ пщIондэ лэжьащ, сымаджэхэм щеIэзэн папщIэ абы Iэмал псори щыIэт. Къэлэун езым ухуакIуэхэр кърихулIэрт. Танжер щыщ къэхутакIуэ Ибн БатIутIэ, 1326 гъэм сымаджэщыр зылъэгъуам, зэритхымкIэ, «абы и дахагъэр къызэрыбгъэлъэгъуэн псалъэ къэгъуэтыгъуейт». Къэлэунрэ абы и къуэ, монгол принцессэ Аслъун Хьэтун къилъхуа ан-Насир ад-дин Мухьэмэдрэ Мысырыр илъэс 52-кIэ яIыгъащ. Каир и тхыдэм пхуэмыIуэтэн хуэдизу къулеягъ щигъуэта, абы щIэныгъэмрэ гъуазджэмрэ лъагэу зыщиIэта лъэхъэнэм щыIа унафэщI IэкIуэлъакIуэхэм я сатырым ан-Насир хоувэ. Ар адрейхэм къащхьэщыкIырт фIэщхъуныгъэ ин хэлъу, зыхуейр пхигъэкIыфу, зыми емыпха унафэщIу зэрыщытамкIэ, уеблэмэ езым нехьэкъехуэ мамлюкхэм сулътIаныр щыту я макъ зрагъэIэтыфыртэкъым. Ибн БатIутIи игъэщIагъуэрт ан-Насир и цIыхуфIагъыр, и напэ къабзагъэр, апхуэдэу абы и гугъу ищIыжырт сулътIаным пщIэкIэ лIыукIхэр къищтэурэ и ныкъуэкъуэгъухэм зэребэнар. Феодализмэм хабзэ хуэхъуа и зэныкъуэкъуныгъэхэр хыумыбжэмэ, мамлюк дзэзешэхэм фIэщхъуныгъэ яхэлъу Мысырым я лъэр щагъэбыдэрт. Ар къызыхэкIым и щхьэусыгъуэр мырат: ахэр Нил Iуфэ къэкIуатэкъым хамэщI къаубыдын мурадкIэ дзэ къашэу хьэмэрэ абы ис лъэпкъхэр Кавказ жыжьэм щыпсэу адыгэхэм я фейдэ папщIэ яхъунщIэну. Ахэр къэкIуатэкъым мыбы Камбиз зи пашэ къэжэр зэрыпхъуакIуэхэм, Македонский Александр зи Iэтащхьэ алыджхэм, Сэлим Шынагъуэр зи дзэзешэ тыркухэм хьэмэрэ Наполеон зи унафэщI франджыхэм ещхьу... Езыхэм я фIэфIыныгъэкIэ ахэр Мысырым къыщыхутакъым. Кавказым пызыщIэ псори абыхэм трахат. Мамлюкхэм я уэркъ псэукIэр сэбэп хъурт къэралыр зэгуэгъэхьэнымкIэ. Апхуэдэу сату гъуэгухэр, псом хуэмыдэу ЩIыкIурытыхыр, монголхэми жорзехьэхэми зауэ драгъэкIуэкI пэтми, адыгэ сулътIанхэм я зэманым нэхъ шынагъуэншэт. Зэманым кIуэцIрыплъыфа ан-Насир езым и фейдэ зыхэлъ зэгурыIуэныгъэхэр нэгъуэщI къэралхэм ярищIылIэрт. Апхуэдэт, псалъэм папщIэ, Дыщэ Ордам, къуэкIыпIэмкIэ щыIэ монголхэм я бийм, ириухылIар. Ар дыдэмкIэ абы и гъунапкъэхэр егъэбыдэ. КъимыдэкIэ, ан-Насир Константинополь мамырыгъэ щытыкIэ диIыгът. Апхуэдэ щытыкIэкIэ Мысырыр, экономикэ и лъэныкъуэкIэ КъуэкIыпIэ Гъунэгъум и курых къэралхэм ящыщу нэхъ зызыужьар, къухьэпIэм е къуэкIыпIэм къикIа къэзэуакIуэхэм я къебгъэрыкIуэныгъэхэм пэлъэщырт. Хабзэ ткIий зыхэлъ, сыт и лъэныкъуэкIи зи IуэхущIафэхэр даIыгъ мамлюкхэм я дзэ лъэщым хузэфIэкIащ къэралым и щхьэхуитыныгъэр, щэнхабзэр, зыужьыныгъэр ихъумэжыну. Мыбдеж гу лъытапхъэт мыпхуэдэ зы Iуэхугъуэм. XIII - XV лIэщIыгъуэхэм щыIа европей тхыдэтххэр мамлюкхэм я зэманыгъуэм мыIупщI дыдэу тепсэлъыхьырт. Ар къызыхэкIар гурыIуэгъуэщ: мамлюк сулътIанхэм мызэ-мытIэу жорзехьэхэм удын ирадзащ. Мысырымрэ Сириемрэ ахэр щытепща илъэсхэм ЩIыкурытыхым и къуэкIыпIэ лъэныкъуэхэм нэхъапэм къыщаубыдауэ щыта щIыналъэ куэди абыхэм яIэщIэкIыжат. Абы гъэщIэгъуэн хэлъкъым, курыт лIэщIыгъуэм Европэм щыпсэуа тхыдэтххэм, зыплъыхьакIуэхэм Нил Iуфэ къэрал зэгуэт щыухуэнымкIэ мамлюкхэм я фIыщIэр зэхъуэкIауэ къызэрагъэлъэгъуамкIэ. Ан-Насир и ужькIэ абы и къуибгъум Мысырыр зэрахьащ. Ауэ абыхэм ящыщ дэтхэнэри куэдрэ тетакъым. Бахърит мамлюкхэм я тепщэныгъэр и кIэм нэблэгъат. 1382 гъэм сулътIан ящIащ аз-Захир Сейфеддин Бэркъукъу. Абдеж щыщIедзэ адыгэ мамлюкхэм я лIакъуэм. Абыхэм бжьыпэр илъэси 135-кIэ яIыгъащ. Мамлюкхэм я къарумрэ я ехъулIэныгъэхэмрэ адыгэхэм я деж псом хуэмыдэу нэхъри IупщI щохъу. Муслъымэн дунейм абыхэм къыщахь пщIэшхуэ, монгол мажусийхэмрэ чыристан жорзехьэхэмрэ я зэхэкъутакIуэ щIыхьыр. Адыгэхэм я IэмыщIэ илът къухьэпIэмкIэ Киренаики нэс, къаблэмкIэ Нубиерэ Массавэрэ, бещтокIэ Тавр бгыхэм нэс. НэгъуэщIу жыпIэмэ адыгэ мамлюк пащтыхьыгъуэм нэхъ империе абрагъуи, нэхъ лъэщи а лъэхъэнэм КъуэкIыпIэ Гъунэгъум щыIакъым. Абыхэм яхъумэрт Аравием и щихъ-къалэхэр. ЕпщыкIутхуанэ лIэщIыгъуэм адыгэ мамлюкхэм я бий нэхъыщхьэр уэсмэн сулътIанхэрат. Я къэрал кIэрыдзэну абыхэм къухьэпIэм щаIыгът Дийарбакррэ Зулгадыр-огуллары тыркумэн пщыгъуэмрэ. К. Босуорт зэритхымкIэ, адыгэ мамлюкхэр Мысырымрэ Сириемрэ я тепщэу щыщытам абыхэм я экономикэ псэукIэм лъагэу зиIэтат, щэнхабзэм, гъуазджэм заузэщIат, псом хуэмыдэу архитектурэм, кхъуэщын гъэжьэным, гъущIым елэжьыным заужьат. Абыхэм я зэманым къыщыщIедзэ дамыгъэм и къежьапIэм. ЕпщыкIуханэ лIэщIыгъуэм и къыщIэдзапIэрщ адыгэхэм ныкъуэкъуэгъу щагъуэтар. Ахэр португалхэт, Васкэ да Гамэ и фIыщIэкIэ, Африкэм и хъуреягъкIэ гъуэгу щыпхызышу мамлюкхэм я щIыналъэм кIуэцIрыкI КъухьэпIэ Гъунэгъум кIуэрыкIуэм тету щрагъэкIуэкI сатур къэзыгъэмэщIахэр. Бахъритхэмрэ бурджитхэмрэ я лIэщIыгъуэм Мысырым щыпсэухэрт а зэманым и тхыдэтх ин дыдэу тIу - аль-Макризирэ ибн-Хъалдунрэ. Ибн-Хъалдун Бэркъукъу щытепщэм щыгъуэ хеящIэт. Абы итха «Пролегоменэ» лэжьыгъэ цIэрыIуэм цIыху псэуныгъэм теухуауэ къыщиIэта Iуэхугъуэ куэдым нобэр къыздэсым я мыхьэнэр кIуэдакъым. «Ибн-Хъалдун и тхылъыр, - етх Олдридж Джеймс, - Макиавелли и лэжьыгъэхэм, илъэсищэ дэкIа иужь дунейм къытехьа пэтми, я щхьэкIэ мэув. Ибн-Хъалдун Маркс ипэ илъэсищэ бжыгъэкIэ гу лъитат зэрылажьэ Iэмэпсымэхэмрэ IуэхущIапIэ мылъкумрэ тхыдэ зыужьыныгъэм зэрепхам». Бэркъукъу и тепщэгъуэм ар щыхьэт зытехъуэр умыгъэщIэгъуэну пхузэфIэкIыркъым: «Къэрал унафэм и хэкIыпIэ нэхъыфI дыдэр фIагъырщ. ЦIыхубэр дэзыхьэх сулътIаныр - дэтхэнэ хьэпшыпми и уасэр фIыуэ зыщIэмрэ къэралым губзыгъэу унафэ щызыщIымрэщ». Бэркъукъу бжьыпэр щиубыдам, адыгэ мамлюкхэм я бжыгъэр минитIым нэблагъэрт. Абы и тепщэгъуэм и кIэхэм (1399 гъэм) а бжыгъэр, тхыдэтх Ал-Бэдр ал-Айни къызэригъэлъагъуэмкIэ, зауэлI минитхум щIигъуат. В. Тизенгаузен и «Дыщэ Ордам и тхыдэм щыщ» тхылъым (Бытырбыху, 1884, езанэ том) дыкъыщоджэ: 1394 гъэм гъатхэпэм и 23-м Бэркъукъу сулътIаныр Щам къэкIуащ, икIи абы къыпчакъ хъан Тохъутэмыщ и хъыбарзехьэр къригъэблагъэри, езыхэм я зэхуэдэ бийуэ къалъытэ Тамерлан зэгъусэу ебэныну елъэIуат. Абдежым адыгэ мамлюкхэм я Iэтащхьэм Самаркандым и эмир шынагъуэм тхыгъэ хуегъэхь, Мысырымрэ Сириемрэ къагуэтхэм я Iуэху химылъхьэну. Тамерлан бжьыбжьу Бэркъукъу жэуап къретыж: «Дэ дыбжыгъэншэщ. Дэ датокIуэ зыри зыпэмылъэщхэм. Дэ къытпэщIэмыувэр псэууэ къонэ. Дэ и Iэр къытхуэзыIэтыр иужькIэ щIогъуэж»... Ауэ абы Бэркъукъу игъэшынакъым. Абы и дзэр Самаркандым и тепщэхэм я бийуэ еунэтI. АрщхьэкIэ Тамерлан, «адыгэ мамлюкхэр щымышхэм щригъэтIэхъун» гурылъыр зэрехъуэкIри, Тохъутэмыщ хъаным и дежкIэ зегъазэ. Тхыдэтх ибн-Хьэджарэ Эласкалани мыпхуэдэу етх: 1395 гъэм жэпуэгъуэм и 15-м къыпчакъхэр зэрыщыту зэхакъутауэ щытащ. Мысырым и сулътIаныр хунэсакъым абыхэм ядэIэпыкъуну. Захир Сейфеддин Бэркъукъурэ абы и къуэ Фэрэджрэ ирагъэкIуэкIа IуэхугъуэфIхэм ятеухуауэ дэ дыкъыщоджэ епщыкIубланэ лIэщIыгъуэм псэуа тырку къэкIухьакIуэ Эвлие Челеби къыдигъэкIа «ЗекIуэлIым и тхылъым» («ЩIэныгъэ» тедзапIэ, Мэзкуу, 1983): «Тамерлан и дзэ фIыцIэр Иылдырым Бэезид-хъан, Къарэ-Исуф сымэ щебгъэрыкIуам Ахьмэд Джелаир сулътIаныр (Бэгъдад и унафэщIыр - Хь. М.) кхъухьым итIысхьэу Анталье къикIыу Мысырым щыкIуэжам Бэркъукъу сулътIаным деж гъэпщкIупIэ къыщигъуэтат». Бэркъукъу Мысырымрэ Сириемрэ я сулътIан тахътэр тIэу иубыдат: 1382 - 1389 икIи 1390 - 1399 гъэхэм. Тыркумэнхэу Диярбакыррэ Къарэмамидхэмрэ я дэIэпыкъуныгъэхэр къигъэсэбэпурэ, уэсмэнхэм щезэуам, абы и гъунапкъэхэр зыкъомкIэ егъэбыдэ. Бэркъукъу и мавзолейр абы и къуэ ан-Насир Фэрэдж еухуэ, и адэм иужькIэ ар илъэс 13-кIэ сулътIанащ. 1405 гъэм ар зэрехъуэкI аль-Мэнсур Издин Абдул-Хьэзиз, ауэ мазэ бжыгъэ нэхъ димыгъэкIыу Фэрэдж тепщэгъуэр еубыдыж. 1411 гъэм дунейм япэ дыдэу Фэрэдж пщылIыпIэ цIыхухэр ирамыгъэтыну хабзэ къыдегъэкI. Аргуэру зы илъэс докIри, Бэркъукъу и къуэр зэрехъуэкI МуIэед Щихъ сулътIаным. Ар хабзэ дахэ зыхэлът, усакIуэт, музыкантт. Езыр хьэпсым щрагъэса щIыпIэм деж МуIэед щрегъэухуэ Каир нэхъ къекIуу иджы дэт мэжджытыр. Адыгэ мамлюк лIакъуэм щынэхъ цIэрыIуэхэм ящыщт Ашраф Сейфеддин Барэсбей сулътIаныр. Каир и Iэгъуэблагъэхэм абы флот ин щеухуэ икIи 1426 гъэм Кипрыр къеубыд. ХытIыгум и унафэщIыр Барэсбей гъэр ещIри, Iэхъулъэхъу илъу Мысырым къешэ. Илъэс 16-кIэ сулътIанащ, а зэманым къэралым и гъунапкъэхэр Азие ЦIыкIум къыщыщIидзэрти, Евфрат и Iуфэхэм нэсырт. Мысырым и къэзэуныгъэр а лъэхъэнэм и щыгу дыдэм нэсат икIи щIэныгъэхэм я доктор Ибрэхьим Алий ТIэрхьэн «Адыгэ мамлюкхэм я къэралыгъуэр» тхыгъэм зэрыщыжиIэмкIэ, ар муслъымэн дунейми, муслъымэн щэнхабзэми я курыкупсэ хъуат. Сурэтхэр: 1. Беркъукъуэ Захир (1382-1389; 1390-1399 гъгъ. - тепщэу щыщыта илъэсхэр). 2. Бейбэрс Захир (1260-1277 гъгъ. - тепщэу щыщыта илъэсхэр). 3. Инал (Къэрмокъуэ) Ашрэф (1453-1461 гъгъ. - тепщэу щыщыта илъэсхэр). (КъуэкIыпIэ литературэм и тхылъ тедзапIэ, Мэзкуу, 1962) дыкъыщоджэ: «Мысыр сулътIанхэм мамлюк минхэр яIащ», икIи абыхэм я бжыгъэм зэпымычу хэхъуэрт, сыту жыпIэмэ «мамлюк зылъэкIхэм я Iыхьлыхэмрэ я гъунэгъухэмрэ зрашалIэрт, зэрахузэфIэкIкIэ къулыкъушхуэ къаубыдынымкIэ абыхэм ядэIэпыкъурт». ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд
{ "source": "apkbr.ru", "id": "534.txt" }
МЭРЕМ ПШЫХЬ Псалъэ Iущхэр Данэр лъапэкIэ зэрехуэ ♦Мыщхьэх дахащIэщ. ♦Хуэмыху и Iуэху блэкIыркъым. ♦Набдзэ ищI фIэщIурэ нэр ирищIащ. ♦Хыумылъхьэ къыхэпхыжыркъым. ♦Хъуэжэ лIыщIэ къищтэри, лIыщIакIуэ ежьэжащ. ♦Iэмбатищэ нэхърэ - зы гъущагъэ. ♦Гуащэрэ пэт, къаз деху. ♦Лэгъупыр нэкIэ къегъавэ. ♦Насыпыр щагуэшым дурэшым дэсащ. ♦Данэр лъапэкIэ зэрехуэ. ♦Щынащхьэ плъагъумэ - гъэмахуэщи, Iэтащхьэ плъагъумэ - щIымахуэщ. ♦Iэтэр Iэмбатэ щхьэкIэ мэфыж. ♦Хьэмтетыгъуэ гъаблэ щыIэкъым. ♦Джатэрыпщ нэхърэ пщы Iущабэ. ♦Жылэм я мыгъуэ я гъуощ. ♦Уэркъым и жьэ и щIопщщ, ипщ хуэдэр и джатэщ. ♦Зи вакъэ зэврэ зи гъавэ мащIэрэ. ♦И дзыгъуэ лъынэ къокI. ♦Насыпыншэм, махъшэм тесми, хьэ къодзакъэ. ♦Уаерэ пщаерэ куэд якIуркъым. ♦Уэрэдус пщыпсэIухщ. ♦Дыгъужьыр бгъашхэ пэтми, мэзымкIэ маплъэ. ♦Къигъэ нэхърэ игъыкI. ♦ЛIыгъэ щIапIэ лIы икIуадэркъым. ♦МафIэм сахуэ ещIри, дзэм шхахуэ ищIыркъым. Адыгэ бзылъхугъэ цIэрыIуэхэр Шарлоттэ ХьэIишэт - Аиссе XVIII лIэщIыгъуэм Франджым цIэрыIуэ щыхъуащ ди лъэпкъэгъу бзылъхугъэ, франджы литературэм и классик, дипломат граф Шарль де Ферриоль пхъу ищIауэ щыта Шарлоттэ ХьэIишэт - Аиссе. Хэт хъуну-тIэ ХьэIишэт? Дауэ ар Франджым къызэрыщыхутар? Илъэс 250-рэ лъандэрэ абы и творчествэм тхакIуэу, критикыу, литературоведу тетхыхьыжар мащIэкъым. Адыгэ цIыхубз телъыджэм траухуащ романхэр, повестхэр, пьесэхэр, рассказхэр. ХьэIишэт 1698 гъэм ливр 1500-кIэ Истамбыл бэзэрым къыщащэхури, унагъуэ хуэщIам къыщыхъуат. Езыр егъэлеяуэ дахэт, зэкIужт, гуакIуэт, псэм дыхьэм хуэдэщ жыхуаIэт. Абы теухуауэ Сент-Бев мыпхуэдэу итхыжащ: «Азие бэзэрым къраша а адыгэ цIыхубзыр Франджым къыщIашар бзылъхугъэм и щIыхьымрэ абы и къабзагъэмрэ зыхуэдэн хуейр ягъэлъэгъуэну арагъэнт». Куэд къигъэщIакъым ХьэIишэт. 1733 гъэм и ныбжьыр илъэс 39-м иту дунейм ехыжащ. ХьэIишэт и дэтхэнэ зы псалъэри пшынэм хуэдэу игъэбзэрабзэрт, шэрыуэу, гупсысэ дахэ щIэлъу. ХьэIишэт и Iэрытххэр псалъэ хэIэтыкIахэмкIэ кудакъым, къызэрыгуэкIщ, ауэ ахэр шэрыуэу къыхэха, убзыхуа, шэщIа хъуащи, уатхьэкъу. ХьэIишэт и зэманым псэуа Вольтер икъукIэ фIэтелъыджэт а адыгэ цIыхубзым и IэкIуэлъакIуагъыр, и бзэм и дахагъыр, и гупсысэхэм я куууагъыр. Вольтер ХьэIишэт и тхыгъэхэр щIиджыкIа нэужь, итхыгъащ: «Куэд щIакъым мадемуазель ХьэIишэт и письмохэм я том псо зэрыщIэзджыкIрэ… Ахэр къызэрыгуэкI письмокъым. Пщащэм къыгуроIуэ фIыри Iейри, къэзыухъуреихь псори. Езыр икъукIэ гуапэщ, гущIэгъулыщ». Адыгэ цIыхубз телъыджэм и зэфIэкIым тетхыхьар франджыхэм я закъуэкъым. Къапщтэмэ, Инджылызым и тхакIуэ нэхъ цIэрыIуэхэм ящыщ Кемпбелл Прейд романышхуэ итхат абы теухуауэ. КъищынэмыщIауэ, драматург цIэрыIуэ Щхьэплъокъуэ Хьисэ и «ХьэIишэт» пьесэм къытращIыкIри, 1980 гъэм спектакль Мейкъуапэ театрым щагъэувауэ щытащ. Роман псо абы триухуащ АР-м, КъБР-м, КъШР-м я цIыхубэ тхакIуэ МэшбащIэ Исхьэкъи. Лъэпкъым и набдзэщ, зыхужаIэхэм ящыщщ ХьэIишэт, Франджым щыпсэуами, къэзылъхуар адыгэ анэщ. Дохъушокъуэ Синэ. Хабзэм щыщщ Насыпыр фызым къыдокIуэ «Жылэм ягъэпуда лIыр фызыфIым къыдехыжри, фызым игъэпуда лIыр жылэми къахудэхыжыркъым», - жеIэ нэхъыжьыфIхэм къытхуагъэна псалъэжьым. НэгъуэщI псалъэжь купщIафIэхэри щыIэщ: «Бжэгъу закъуэ хэси фызыфIым уигъэунэнщ». «ФызыфI и Iэнэ хьэзырщ». «ЛIым и узыншагъэр фызым и фIыгъэщ». «Насыпыр фызым къыдокIуэ». «Унэр зыгъэунэри, благъэр зыгъэблагъэри фызырщ». Мыбыхэм наIуэ къащI унагъуэр зэгурыIуэ-зэдэIуэжу, хабзэрэ нэмысрэ я жьэгу дэлъу псэуфын папщIэ унэгуащэм куэд дыдэ зэрелъытар. ЛIэщIыгъуэкIэрэ ямыгъэунэхуауэ жаIакъым «Бзылъхугъэр унагъуэм и шхэпсщ, лъэпкъым и къуэпсщ» псалъэ Iущхэр. АтIэ сыт хуэдэу унэгуащэр зэрыщытыпхъэр?! ЦIыхубзыр сыт щыгъуи нэхъ тэмакъкIыхьу, шыIэныгъэ хэлъу, хуэгъэкIуатэ ищIэу щытыпхъэщ. Абы къикIыркъым и щхьэр зыгуэркIэ игъэпудыжу. ЦIыхубзым и бзэ IэфIагъымкIэ, и гуапагъэмкIэ езыр зыхуей псор лIым иригъэщIэфу щытын хуейщ. Пэжщ, абы папщIэ Iуэхум акъыл хэлъу бгъэдыхьапхъэщ. ИувыкIыу макъ IэтакIэ цIыхухъум пэувыжыныр бзылъхугъэ щэнкъым, атIэ и щхьэр зэригъэпудыж хьэл мыхъумыщIэщ. Сыт хуэдэ Iуэху имылэжьми, дэнэкIэ зимыгъазэми, бзылъхугъэ щхьэгъусэм дахагъэр, къабзагъэр, гуакIуагъэр къебэкIыу щытыпхъэщ. Зэи мыубзэщхъужу цIыхубзым бгъэдэлъ Iэщэр и бзылъхугъэ щэнырщ. Фызыр абы кIэлъымыплъыж щыхъукIэ, ар унагъуэ зэтекъутэм и япэ лъэбакъуэщ. ЗэщхьэгъуситIым я зэхущытыкIэхэр, я тIасхъапIэ-быдапIэхэр цIыхубзым утыку ищI хабзэкъым. ЦIыхухъум апхуэдэу ищIэмэ, ар емыкIу дыдэщ. Зэдэпсэун щыщIадзагъащIэм щегъэжьауэ зэщхьэгъуситIым яку дэлъ пэжыгъэрщ абыхэм пщIэрэ щIыхьрэ зэрызэхуащI гъащIэ гъуэмылэу ягъуэ-тыжынури. Фызыр тхьэусыхэреймэ, унагъуэр гугъусыгъум хэкIыркъым. ЗэщхьэгъуситIыр зэгурыIуэмэ, Iуэху гуэша унагъуэм щызэдаIэкъым. Адыгэ нысэр и гуащэ-тхьэмадэ, нэхъыжь е хамэ щыту и бын едэхэщIэныр е ехъурджэуэныр къекIуркъым, апхуэдэщ абыхэм я пащхьэ и щхьэгъусэм щепсэлъэнри. Унэгуащэм щхьэгъусэм и дэтхэнэ Iуэхури диIыгъыу, абы и щIэгъэкъуэну, жыпIэнурамэ, гъащIэ гъуэгу баш хуэхъуфу щытыпхъэщ. ЗэщхьэгъуситIым нэхъ зэгъунэгъу дунейм теткъым, и нэчыхьым хуэпэжыныр къызэрымыкIуэ хабзэфIщ, унагъуэ, лъэпкъгъэдахэщ, я пщIэри лъагэу еIэт. Фызыр лIым дэтIысу шхэныр хабзэу щытакъым. АбыкIэ бзылъхугъэр ягъэикIэу аратэкъым, атIэ фIы псори зыхуагъэфащэ цIыхур и жьэ иущIу, зыгуэрым едзакъэу, жьэгъуашхэу ялъагъуну хуейтэкъыми аращ. Щхьэгъусэр къызэрыкIуэжынур зыщIэ бзылъхугъэр абы мыгъуэлъыжу ежьэмэ, гуапагъэщ, нэмысщ, пщIэ зэхуэщIынщ къикIыр. Шэрджэс Алий. ГъэщIэгъуэнщ ХьэщIэхэмрэ лъагъуныгъэмрэ Бзылъхугъэр куэбжэпэм къыдэкIауэ лIыжь жьакIэхуищ къилъэгъуащ. - ФызмыцIыхуми фыгъуэгурыкIуэщ, фыкъэмэжэлIа хъунщ, фыкъеблагъэ, фезгъэдзэкъэнщ, - захуигъэзащ абыхэм бзылъхугъэм. - Уи щхьэгъусэр щIэс? - щIэупщIащ лIыжьхэр. - Хьэуэ. - Абы щыгъуэм дыныщIыхьэнкъым. ЦIыхубзым и щхьэгъусэр пщыхьэщхьэм къекIуэлIэжа нэужь, махуэм къэхъуар хуиIуэтэжащ. - КIуэи иджыри абдеж щытыжу щытмэ, сызэрыщIэсыр яжеIи къегъэблагъэ, - жиIащ лIым. Бзылъхугъэр къыдэкIри, щыри иригъэблэгъащ. - Дэ псори дызэгъусэу фи унэм дыныщIыхьэфынукъым, - жаIащ дадэ жьакIэхухэм. - Ар сыт щхьэкIэ? Зыр къопсалъэри жеIэ: - Мобы и цIэр Беижьщ, адрейм зэреджэр ЕхъулIэныгъэщ, сэ сы - Лъагъуныгъэщ. Иджы кIуэи щIыхьэжи, уи щхьэгъусэм ечэнджэщ дэ тщыщу фи унагъуэм нихьэну фызыхуеимкIэ. ЦIыхубзыр щIыхьэжри и лIым жриIэжащ. - Сыту фIыт, - жиIащ щIалэм. - Дыхэдэн хуей щыхъуакIэ, Беижьыр къедгъэблэгъэнщи, дызыхущыщIэ щымыIэу дыпсэунщ. Бзылъхугъэм ар идэркъым: - ЕхъулIэныгъэр къедгъэблагъэмэ, нэхъыфIу соплъ! А псалъэмакъыр зэхэзыха пщащэр и пэшым къыщIэкIри, и адэ-анэм захуигъэзащ: - Лъагъуныгъэр къыщIэдгъэхьэмэ, зэгурыIуэ-зэдэIуэжу, дызэхуэгумащIэу дызэдэпсэунтэкъэ?! - Пэжщ, ди хъыджэбзым жиIэр, - пиупщIащ лIым. - КIуэи Лъагъуныгъэр ди деж щыпсэуну къегъэблагъэ. Бзылъхугъэр куэбжэпэм къыдэкIри: - Дэтхэнэра Лъагъуныгъэр? Аращ едгъэблэгъэну дызэрызэгурыIуар. Лъагъуныгъэр къыщытэджым, адрей лIыжьитIри къыбгъурыувауэ къокIуэ. Ар зыгъэщIагъуэ цIыхубзыр щIэупщIащ: - Щыри зэгъусэу зыщIыпIи фыщIэмыхьэу жыфIащ, иджы сыт къэхъуар? ЛIыжьхэм ящыщ зым жеIэ: - Фэ Беижьыр е ЕхъулIэныгъэр евгъэблэгъауэ щытамэ, тIур уэрамым дыкъыдэнэнут, Лъагъуныгъэращ фи унагъуэ ихьэну зыхуэвгъэфэщари - дэ ар зэи тпэIэщIэ тщIыркъым, дригъусэщ. Лъагъуныгъэ здэщыIэм къулеигъэри ехъулIэныгъэри щыIэщ. Къэбарт Мирэ. Ар пэжщ Ныбжьым емылъытауэ Илъэси 8 фIэкIа щымыхъум Моцарт итхат и япэ сонатэхэмрэ симфониехэмрэ… * * * И ныбжьыр илъэс 17-м щитым Жанна д,Арк Орлеан хуит къэзыщIыжа дзэм и Iэтащхьэу щытащ … * * * «Руслан и Людмила» поэмэр тхыным и ужь щихьам Пушкиным и ныбжьыр зэрыхъур илъэс 18 къудейт… * * * Рахманиновым илъэс 19 хъууэ зэхилъхьауэ щытащ «Алеко» оперэр… * * * Канар хытIыгухэм къэхутэныгъэ щыщригъэкIуэкIым Миклухо-Маклай зэрыхъур илъэс 20-т… * * * Васко да Гама и ныбжьыр илъэс 29-рэ щыхъум Индием кIуэ псыщхьэ гъуэгур къызэIуихауэ щытащ… * * * Поповым и ныбжьыр илъэс 39-м иту радиор къигупсысащ… * * * Сервантес и «Дон-Кихот» романыр щитхам илъэс 58-рэ и ныбжьт. Iущыгъэ Щхьэмрэ щхъухьымрэ Китайм щыщ унагъуэ гуэрым нысэ цIыкIу къахыхьащ. НысащIэм щхьэгъусэр и псэт, ауэ и гуащэм езэгъыртэкъым. Абы и чэнджэщхэмрэ и унафэхэмрэ хъыджэбзым хуэмышэчыж щыхъум, хэкIыпIэ къигупсысащ. Удз хущхъуэхэмрэ щхъухьхэмрэ зыщэ, и адэм и ныбжьэгъу лIым деж лъэIуакIуэ кIуащ. - Ярэби, си гуащэм сезэгъыркъыми, сэбэп укъысхуэмыхъуфыну пIэрэ? - Сэ сыткIэ сэбэп сыпхуэхъун? - Мы зэхэплъхьэ хущхъуэхэмрэ щхъухьхэмрэ ящыщ зыгуэрым цIыху зыгъэлIэн гын къысхухэпщIыкIмэ хъуркъэ? И уасэр сыщымысщхьу уэстынщ. Удз зыхэзылъхьэ лIыр зыкъомрэ гупсыса нэужь жиIащ: - Хъунщ, пхузэхэслъхьэнщ сэ уэ сэбэп пхуэхъун щхъухь. Ауэ IуэхугъуитIкIэ арэзы укъыздэмыхъуу хъунукъым. - ЖыIэ, сыбдэхъунщ арэзы. - Япэрауэ, уи гуащэр занщIэу зыгъэлIэн гын уэст хъунукъым, узэрыкъуаншэр къащIэнущи. Абы и къарур хуэм-хуэмурэ щIэзыхын пхузэхэслъхьэнщи, зы цIыхуми игу къэкIынкъым, гуащэр уэ пIэщIэкIуэдауэ. ЕтIуанэрауэ, зы шэч къыпхуамыщIын щхьэкIэ, нобэ щыщIэдзауэ уи нэмыплъыр зыхэни, уи гуащэм Iэщабэ-Iущабэу хущыт, пщIэ хуэщI, жиIэр тIу умыщI. Апхуэдэу ущытмэ, си Iуэхущ ар зэрыбукIар зы цIыхум къищIэмэ. НысащIэр арэзы хъури, лIым хузэхилъхьа удзыр къыIихащ, ар и гуащэм и шхыным мащIэ-мащIэурэ хилъхьэу хуежьащ. ЛIым къыжриIар ищIэжырти, гуащэм хуэнабдзэгубдзаплъэт, Iуэху къытригъэхьэлъэртэкъым, хуэгумащIэт. Апхуэдэ нысэ Iэдэбым Iей зыхуищIынт гуащэми - гурэ псэкIэ фIыуэ илъэгъуащ и нысэр. КъищынэмыщIауэ, апхуэдизкIэ игу къыдыхьэрти, псоми яжриIэрт пщащэм я нэхъыфIыр къызэрыIэрыхьар. Илъэс ныкъуэ дэкIа нэужь, гуащэмрэ нысэмрэ анэрэ пхъурэ хуэдэу зэхуэхъуат, я псэр зы чысэм илът, зэхуэгумащIэт. Зы махуэ гуэрым нысэр пIащIэу удз къезыта лIым и деж кIуэри, елъэIуащ: - КхъыIэ, а гын къызэптам къысхуегъэл си гуащэр. Сэ сыхуейкъым ар лIэну, абы нэхърэ нэхъ цIыхуфI дунейм теткъым. ЛIыр къэпсалъэри жиIащ: - Умыгузавэ, хъыджэбз, сэ ар зыгъэлIэн щхъухь уэстакъым, ар шхынхэлъхьэ къудейуэ арат, ерыскъыр игъэIэфIу. Щхъухьыр зэрылъыр уи щхьэрати, уэ езым зыкъебгъэлыжащ абы. ЗэзыдзэкIар Къэбарт Мирэщ. ФщIэн папщIэ Нарыр хущхъуэщ Нарыр Азербайджаным, Афганистаным, Азие Курытым, Абхъазым, нэгъуэщI щIыпIэ зыбжанэми къыщыкI жыг цIыкIущ. КъыпыкIэр тIамым (апельсиным) ещхьу хъурейщ, хуэдизи мэхъу, ауэ плъыжьщ. Нарыр хущхъуэшхуэу къыщалъытэ щIыпIэ куэдым. Псом хуэмыдэу ар сэбэп яхуохъу зи лъатэр, кIэтIийхэр узхэм, зи лъыр мащIэ хъуахэм. И кIуэцIым илъым и мызакъуэу, и фэри фIыщ. Ар цIыкIу-цIыкIуу фупщIатэ, кIэструл лам ифлъхьэ, псы къэкъуалъэ щIэфкIэ, дакъикъэ 15 хуэдизкIэ мафIэр ешэхауэ вгъавэ. УпщIыIуа нэужь махуэм щэ-плIэ бжэмышхышхуэкIэ фефэ. Фи лъыр мащIэмэ, нарыпс стэкан ныкъуэ-ныкъуэу махуитIым фефэмэ, сэбэп къыфхуэхъун хуейщ. Эрмитаж Дуней псом къыщацIыху Эрмитаж музейм щIэлъхэм уеплъыным ихьыр зы махуэкъым икIи тхьэмахуэкъым. КъызэрабжымкIэ, пасэ зэманхэм къагъэсэбэпу щыта хьэпшыпу, сурэту, щэнхабзэм, гъуазджэм я лэжьакIуэхэм я IэдакъэщIэкIыу абы щызэхуэхьэса мелуани 3-м уеплъын щхьэкIэ, километр 24-рэ къызэхэпкIухьын хуейщ. Эрмитажыр щылажьэ ЩIымахуэ Уардэунэр 1732 - 135 гъэхэм архитектор Растрелли Франческэ иухуащ. Уардэунэм и инагъыр мыпхуэдэ бжыгъэхэм къагъэлъагъуэ: метр зэбгъузэнатIэ мин 46-рэ зыубыд пэш миным щIигъу щIэтщ; щхьэгъубжэ мини 2 хэлъщ; бжэхэр 1800-рэ мэхъу; дэкIуеипIи 120-рэ иIэщ; унэм къекIуэкI карнизыр километри 2 мэхъу. НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэщ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "535.txt" }
Губгъуэжыхапхъэр гъэкIуэдыгъуейщ ЦIыху куэд зыгъэсымаджэ губгъуэжыхапхъэр (амброзиер) Америкэ Ищхъэрэм нащэгъэбагъуэ жылэм хэлъу кърашри, Европэм къагъэIэпхъуа хъуащ 1873 гъэм. Удзым псынщIэ дыдэу зиубгъуу, и зэранышхуи цIыхум къекIыу къыщIэкIащ. Губгъуэжыхапхъэр щыкуэдщ Европэми, Америкэ Ипщэми Ищхъэрэми, Африкэ Ищхъэрэми, Азиеми. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, абы адэкIи зиубгъунущ. Урысейм губгъуэжыхапхъэр къыщыщагъуэтар 1918 гъэращ, Ставрополь пэмыжыжьэу, Владикавказ - ТIуапсы гъущI гъуэгу зэбгрыкIыпIэм хуэзэу. ИтIанэ ар кIуэтащ Краснодар крайм, Ростов областым щынэсар 1950 гъэхэращ. Дунейр нэхъ хуабэ зэрыхъум къыхэкIыу, ар Урысей Федерацэм и ищхъэрэ щIыналъэхэм мэкIуатэ. Губгъуэжыхапхъэр цIыхумкIи къэкIыгъэхэмкIи зэранщ. ЩIы щхьэфэм зэрыщызэбгрыжым хуэдэу, и лъэхъыцми псынщIэу зеукъуэдий, губгъуэжыхапхъэ килограммыр зыхуей хуэзэн, мыгъужын папщIэ, псы литр 948-рэ зыщIеф. Гуэдзым, псалъэм папщIэ, тIукIэ нэхъ мащIэщ зыщIишэр. КъищынэмыщIауэ, абы щIым куэду къыхех азотымрэ фосфорымрэ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, адрей къэкIыгъэхэм зэрызаужьын псырэ щIыгъэпшэррэ яхуримыкъуурэ, егъэкIуэдыж. Губгъуэжыхапхъэм губгъуэр зэщIищтамэ, мэкъумэш техникэр тэмэму лэжьэжыфыркъым, гъавэр и чэзум Iуахыжыфыркъым, мэкъупIэм нэсамэ, Iэщым ишхын удз къигъэкIыркъым. А къэкIыгъэм игъэсымаджэ цIыхум и лъэр щIех: и нэпсыр къыщIэжу, и нэм шын щIищIэу, тэмэму имылъагъужу мэхъу, тхьэмбылыр игъэбэгыу цIыхур къащыхуемыгъэли щыIэщ. Дызытепсэлъыхь удз лIэужьыгъуэр апхуэдизкIэ «быныфIэщи», улъэщIэмыхьэу мэбагъуэ. Зы удз жэпкъым и гъужыгъуэм жылэ мин 40-м нэс къыполъэлъри, щIым хокIэ. КъыкIэлъыкIуэ гъатхэм а псори мэгъагъэ. Къыхэгъэщыпхъэщ, сыт хуэдизрэ ар шэмэджкIэ иумыхми, губгъуэжыхапхъэр зэрымыкIуэдыр, уеблэмэ ипхыху лъабжьи 5 - 15 зэриутIыпщыр. Ар нэхъыбэу къыщызэщIэувэр накъыгъэ - мэкъуауэгъуэ мазэхэрщ, щыгъагъэр, абы ди щIыналъэм щыпсэухэм я аллергиер къыщигъэхъейр шыщхьэуIу - жэпуэгъуэ мазэхэращ. АтIэ, дауэ губгъуэжыхапхъэм узэрыпэщIэтынур? Iэмалищ иIэщ абы: мэкъумэш, химие, биологие. Мэкъумэш лIэужьыгъуэр зэкIэлъыгъэкIуауэ, набдзэгубдзаплъэу бгъэзащIэмэ, абы нэхъыфIи яхэткъым, зэрыжаIэмкIэ. Псом япэрауэ, зы гъэм хэпса къэкIыгъэр етIуанэми хэпсэж хъунукъым. Мэкъумэш лэжьыгъэхэм епха щIэныгъэлIхэм зэрызэхагъэщхьэхукIа хабзэм тету зэблэхъун хуейщ жылэхэр. Хадэм къыщыкIа губгъуэжыхапхъэм и лъэхъыцыр зэригъусэу къыхэчын хуейщ, армыхъумэ, зэрыжытIащи, пыбупщIыху нэхъри мэбагъуэ. КъищынэмыщIауэ, УФ-м щагъэбелджыла гын зыбжанэ щыIэщ, а удзыр ирырагъэкIуэду. Ещанэ Iэмалыр - губгъуэжыхапхъэр щыкI щIыпIэм удз Iув зэмылIэужьыгъуэхэр, джэш, хьэ, гуэдз, къинэмыщIхэр щыхасэ. «Амброзивный листоед» жиIэу щыIэщ хьэпIацIэ лIэужьыгъуэ, а удзым фIэкIа имышхыу. А псори зы пщIыжрэ, зэкIэлъхьэпыту губгъуэжыхапхъэм «уеуэмэ», илъэситI-щым къриубыдэу пхуэгъэкIуэдыну аращ. Къыхэгъэщыпхъэщ мы удзыжьыр гъэкIуэдыныр щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм, мэкъумэш IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэм, щIыр бэджэнду зыIыгъхэм, унагъуэхэм я къалэну зэрыщытыр. «О карантине растений» жиIэу УФ-м 2014 гъэм Хабзэ къыщащтащ. Абы и 32-нэ статьям щыгъэбелджылащ мы удзыр гъэкIуэдыным хуэгъэзауэ зи къалэныр зымыгъэзащIэм ахъшэу ирагъэпшыныр: унагъуэхэм - сом 300 - 500, къулыкъущIэхэм - 500 - 1000, IуэхущIапIэ зиIэхэм - 5000 - 10000. Удзым зэщIищта щIыпIэ къэфлъагъумэ, «Россельхознадзор»-м КъБР-мрэ Осетие Ищхъэрэ - Алание Республикэмрэ щиIэ IуэхущIапIэм фыкъэпсалъэ: 77-81-51, 77-81-75, 77-81-79. Фыкъатхэ: [email protected]. ФыкъакIуэ: Налшык къалэ, Лениным и цIэр зезыхьэ уэрам, 54. «Россельхознадзор»-м КъБР-мрэ Осетие Ищхъэрэ - Алание Республикэмрэ щиIэ IуэхущIапIэм и хъыбарегъащIэ-IуэхущIапIэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "536.txt" }
Электрокъарур зыдыгъухэм тралъхьэ тезырыр ягъэткIиящ Къэралым унафэ ткIий къыщыдэкIащ электросетхэмрэ хуабэр зрикIуэ сетхэмрэ хуит ямыщIауэ къагъэсэбэпу етIуанэу яубыдахэм яхуэгъэзауэ. Апхуэдэхэм тралъхьэ тезырыр мэкъуауэгъуэм и 9-м къыщыщIэдзауэ хуэдищкIэ нэхъыбэ ящIащ. Иджыпсту апхуэдэ хабзэншагъэ зылэжьа цIыхухэм сом мини 10-кIэ, IуэхущIапIэхэм сом мини 100-кIэ йотхьэкъу. ИщхьэкIэ къыщыдгъэлъэгъуа къуаншагъэр къытрагъэзэжу ялэжьауэ яубыд цIыхухэм сом мин 15-м къыщегъэжьауэ сом мин 30-кIэ, IуэхущIапIэхэм сом мин 200-м къыщегъэжьауэ сом мин 300-м нэсыхукIэ етхьэкъунущ. Мыбдеж къэгъэлъэгъуапхъэщ къуаншагъэ зыбгъэдэлъ къулыкъущIэхэр илъэситIым щегъэжьауэ илъэсищкIэ лэжьэну хуимыту я къулыкъум трагъэкI, апхуэдэу сом мин 80-м къыщегъэжьауэ сом мин 200-м нэсыхукIэ етхьэкъу зэрыхъунур. Мы законыр къыщащтэм Къэрал Думэм и депутатхэм ящыщ языныкъуэхэм къыхалъхьауэ щытащ электрокъарур зыдыгъухэр илъэсихым нэскIэ ягъэтIысыну. Ауэ ЭнергетикэмкIэ и министерствэм ядиIыгъакъым. ИщхьэкIэ къыщыдгъэлъэгъуа хабзэншагъэхэр нэхъыбэу щалэжьыр цIыхухэм я щIапIэхэмрэ жыг хадэхэр зыгъэкI зэгухьэныгъэхэмрэщ. Фэтэр куэд зыхэт унэхэм щадыгъу электрокъарур зэрыщыту унэм къекIуалIэ энергиер къэзыбж Iэмэпсымэм къредзэ икIи ар фэтэр псоми ятегуэшауэ япшынын хуей мэхъу.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "537.txt" }
2019 гъэм и гъэсакIуэ нэхъыфIыр къыхахынущ Мэкъуауэгъуэм и 11-м Налшык къалэ дэт 75-нэ прогимназием «»019 гъэм и гъэсакIуэ нэхъыфI» урысейпсо зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэр щрагъэжьащ. ЗэIущIэм къеблэгъат Налшык къалэ администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Ульбашев Ислам, КъБР-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Къумыкъу Iэуес, министерствэм и лэжьакIуэхэр, республикэм и щIыналъэхэм щIэныгъэмкIэ я управленэхэм я унафэщIхэр, зэпеуэм и къэпщытакIуэ гупым хэтхэр, нэгъуэщIхэри. Махуэшхуэм иращIылIа пшыхьыр къызэIуаха нэужь, къызэхуэсахэм ирагъэцIыхуащ зэпеуэм хэтыну гъэсакIуэхэр, абыхэм я къалэнхэри наIуэ къащIащ. Япэу псалъэ зрата Къумыкъу Iэуес жиIащ зэпеуэм и къалэн нэхъыщхьэу щытыр гъэсакIуэ нэхъыфIхэр гъэнэIуэным и мызакъуэу, абыхэм я лэжьыгъэм къыщагъэсэбэп IэмалхэмкIэ нэгъуэщIхэми ядэгуэшэныр, адэкIи утыкушхуэхэм ихьэным тегъэгушхуэныр арауэ зэрыщытыр. Зэхьэзэхуэм хэт дэтхэнэми зыщыщ IуэхущIапIэм и цIэр фIыкIэ ягъэIуну, адэкIи урысейпсо утыкум я зэфIэкI щагъэлъэгъуэн хуэдэу ехъулIэныгъэ зыIэрагъэхьэну ехъуэхъуащ. ХьэщIэхэр къэпсэлъа нэужь, зэпеуэм и япэ Iыхьэм щIимыдзэ щIыкIэ, гъэсакIуэхэм зэхьэзэхуэм зэрыхэтыну зэкIэлъыкIуэкIэр яубзыхуащ. ИужькIэ абыхэм Iэмал яIащ я творческэ лэжьыгъэм щыгъуазэ ухуэзыщI гъэлъэгъуэныгъэр утыку кърахьэну, сабийхэм зэрадэлэжьэу къагъэсэбэп Iэмалхэм, я ехъулIэныгъэхэм тепсэлъыхьыну. Зэпеуэм и къыкIэлъыкIуэ Iыхьэм гъэсакIуэхэм сабийхэр щIэсу дерсхэр ирагъэкIуэкIащ. Мэкъуауэгъуэм и 18-м, ещанэ Iыхьэу, я IэщIагъэм зэрыхуэIэкIуэлъакIуэр наIуэ къыщащIа дерс-кIэщIхэр ирагъэкIуэкIащ. Iыхьэ зыбжанэу зэщхьэщыхауэ щыт а зэхьэзэхуэм кърикIуахэм ятеухуа хъыбар мыгувэу къыдигъэщIэнущ КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм. ХЬЭРЭДУРЭ Аллэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "538.txt" }
ДУНЕЙМ ЩЫХЪЫБАРХЭР Егъэджэныгъэ IэнатIэм мылъку нэхъыбэ хухэхыпхъэщ УФ-м и Къэзыбж палатэм и унафэщI Кудрин Алексей ди къэралым и экономикэм зиужьыным хэкIыпIэ хуэхъунухэм ящыщу къелъытэ егъэджэныгъэм мылъку нэхъыбэ хухэхыныр. Абы арэзы удэхъунри къезэгъыу къыщIэкIынущ. Пэжщ, абы кърикIуэхэр занщIэу, зы илъэс-илъэситIым наIуэ къэхъунукъым, ауэ щIэныгъэфI зыгъуэта цIыхухэм IэнатIэ ягъуэту хуежьэмэ, къэралыр щытыкIэ гугъум къикIыфынущ. «Дэ хэпщIыкIыу хэдгъэхъуэн хуейщ цIыхухэм щIэныгъэ егъэгъуэтын IэнатIэм хухэтх мылъкур, - жиIащ Кудриным. - Абы ди къэралым тригъэкIуадэр и ВВП-м и проценти 3,6-рэ къудейщ. Зи Iуэху дэкI, цIыхухэр зэIузэпэщу щыпсэу къэралхэу, псалъэм папщIэ, Швецием, Германием а IэнатIэм трагъэкIуадэ я хэхъуэхэм я проценти 5-м къыщыщIэдзауэ проценти 7-м нэс. Инвестицэхэр цIыхум хэплъхьэныр иджыпсту икъукIэ нэхъ фейдэщ». Къэзыбж палатэм и унафэщIым апхуэдэу къыхигъэщащ IэнатIэ Iутхэм я бжыгъэр Урысейм нэхъ мащIэ зэрыщыхъур, ягъэлэжьэн щамыгъуэт щIыпIэхэр зэрыкуэдыр, IэщIагъэлI хэхахэр зэрахуримыкъур. «Абы къыхэкIыу, цIыхур пенсэм щагъакIуэ ныбжьыр дымыгъэIэпхъуэмэ, мылэжьэжыну тIысыжхэм нэхъапэм яIа хэхъуэм и процент 30 къудеи еттыфынукъым. Аращ и щхьэусыгъуэр къэралым абы и лъэныкъуэкIэ щрагъэкIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэм. Абыхэм я лъабжьэр щыIэ мылъкум и нэхъыбапIэр мылэжьэжыфхэм, зи ныбжь хэкIуэтахэм ятегуэшэнырщ», - къыхигъэщащ Кудриным. Нэхъыбэ дыдэ къызыхэхъуэ спортсменхэр ЦIыхум сыт щыгъуи фIэгъэщIэгъуэнщ бжыгъэхэр зэпэлъытыныр: хэт сыт хуэдиз мылъку иIэми, уасэхэр сыт хуэдизкIэ дэкIуея-къехами, н.къ. НэгъуэщIым и мылъкур убжыныр къемыкIуу жаIэми, абы цIыхур зэи еувэлIэфыну къыщIэкIынкъым, сыту жыпIэмэ езым и псэукIэр, и хэхъуэр адрейм иримыгъэпщэныр хузэфIэкIынукъым. Армырауи хъуну - зыбужьын щхьэкIэ зыгуэрым удэплъеин хуейкъэ?! ЦIыхухэр есэжа хуэдэу щытщ спортсменхэм улахуэшхуэ къызэрахьым, ауэ абыхэм ехьэлIа хъыбархэм ар япэу къыхаубыдыкIхэм ящыщщ. Иджыблагъэ хэIущIыIу хъуащ 2019 гъэм нэхъыбэ дыдэ къэзылэжьа спортсменхэм я цIэ-унэцIэхэр. Псом япэ итыр футболист цIэрыIуэ, Испанием и «Барселона»-мрэ Аргентинэм и командэ къыхэхамрэ я гъуащхьауэ Месси Лионельщ. «Форбс» журналым зэрыжиIэмкIэ, илъэсым къриубыдэу абы къыхэхъуащ доллар мелуани 127-рэ. ЕтIуанэ увыпIэм щытри футболистщ, Италием и «Ювентус» командэмрэ Португалием и командэ къыхэхамрэ я гъуащхьауэ Роналду Криштианущ. Абы и хэхъуэр доллар мелуани 109-рэ мэхъу. Ещанэ увыпIэм щытри а спорт лIэужьыгъуэрщ цIэрыIуэ зыщIар - Франджым и «Пари Сен-Жермен»-мрэ Бразилием и командэ къыхэхамрэ я гъуащхьауэ Жуниор Неймарщ - доллар мелуани 105-м нэблагъэ къилэжьащ. Мексикэм щыщ боксёр Альварес Сауль еплIанэ увыпIэм щытщ - абы доллар мелуан 94-рэ къратащ. Етхуанэ увыпIэм щытщ Швейцарием щыщ теннисист Федерер Роджер - абы и хэхъуэр доллар мелуан 93,4-рэ хъууэ къабжащ. Нобэ ♦Гидрографием и дунейпсо махуэщ ♦Йогэм и дунейпсо махуэщ ♦Скейтбордингым и дунейпсо махуэщ ♦ГумащIагъэм и дунейпсо махуэщ ♦Сурэт зытехыжыным и дунейпсо махуэщ ♦УФ-м Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министерствэм и кинолог IуэхущIапIэхэм я махуэщ ♦Франджым щагъэлъапIэ макъамэм и махуэр ♦Канадэм и щIыдэлъху лъэпкъхэм я махуэщ ♦Гъатхэ губгъуэ лэжьыгъэхэр зэраухам и щIыхькIэ илъэс къэс къызэрагъэпэщ, сабантуй зыфIаща махуэшхуэр Тэтэрстаным щагъэлъапIэ ♦1547 гъэм Москва мафIэсышхуэ дыдэ къыщыхъуащ. Абы цIыху 2500-м щIигъу хэкIуэдат. ♦1907 гъэм США-м къыщызэрагъэпэщащ «Юнайтед Пресс Интернэшнл» хъыбарегъащIэ агентствэр. ♦1915 гъэм Кунцевэ къуажэ цIыкIум (иджы Москва хохьэ) Малевич Казимир щитхащ дуней псом щафIэтелъыджэ хъуа и «ЗэпэплIимэ фIыцIэ» сурэтыр. ♦1925 гъэм Москва и уэрамхэм япэ таксихэр къыдыхьащ. Ахэр 16 хъурт, Франджым щащIа «Рено» автомобиль лIэужьыгъуэм щыщт. ♦1948 гъэм ФРГ-м къыщагъэсэбэпу хуежьащ валютэщIэр - нэмыцэ маркэр. ♦1956 гъэм СССР-м IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм хагъэхьащ ядернэ Iэщэ зэрылъ япэ совет ракетэр - Р-5М-р. ♦1970 гъэм Мексикэм и къалащхьэ Мехикэ дэт «Ацтека» стадионым щызэхэтащ футболымкIэ IХ дунейпсо чемпионатым и кIэух зэIущIэр. Абы чемпион щыхъуащ Бразилием и командэ къыхэхар, Италием и футболистхэм 4:1-уэ ятекIуэри. ♦1910 гъэм къалъхуащ совет усакIуэ, журналист, жылагъуэ лэжьакIуэ, Лениным, Сталиным я цIэхэр зезыхьэу щыта саугъэтхэр, СССР-м и Къэрал саугъэтыр зрата, «Новый мир» журналым и редактор нэхъыщхьэу илъэс куэдкIэ лэжьа Твардовский Александр. ♦1941 гъэм къалъхуащ театрымрэ киномрэ я актёр, РСФСР-м и цIыхубэ артист Золотухин Валерий. ♦1953 гъэм къалъхуащ Пакистаным и премьер-министру щыта Бхуттэ Беназир. ♦1956 гъэм къалъхуащ экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, АКъУ-м и профессор, РАЕН-м и член-корреспондент Къуий Iэмырбий. ♦1956 гъэм къалъхуащ усакIуэ, публицист, «Iуащхьэмахуэ» журналым и редактор нэхъыщхьэ Мыкъуэжь Анатолий. ♦1958 гъэм къалъхуащ урысей политик, къэрал лэжьакIуэ, 2010 гъэм къыщыщIэдзауэ Москва къалэм и Iэтащхьэ Собянин Сергей. ♦1962 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэу, «Кино» рок-гупым и унафэщIу щыта, фильм зыбжанэм щыджэгуа Цой Виктор. ♦1967 гъэм къалъхуащ журналист, «Московский комсомолец» газетым щылэжьа Холодов Дмитрий. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 25 - 27-рэ, жэщым градус 19 - 20 щыхъунущ. Лъэпкъ Iущыгъэ: Уи хьэщIэри гъафIэ, къуэшри фIыуэ лъагъу. Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "539.txt" }
Кавказ Ищхъэрэм и къуажэхэм я зыужьыныгъэм Бахъсэн щытопсэлъыхь Бахъсэн районым щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и къуажэ щIыналъэхэм комплекснэу зегъэужьыным теухуа зэIущIэшхуэ. Абы кърихьэлIащ УФ-м и Къэрал Думэм и депутатхэр, Урысей Федерацэм Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм и лэжьакIуэхэр, КъБР-м и Правительствэм и унафэщIхэр, Осетие Ищхъэрэ - Алание Республикэм, Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм, Ставрополь крайм, Шэшэн Республикэм, Ингуш Республикэм, Дагъыстэн Республикэм я министерствэхэмрэ ведомствэхэмрэ я лIыкIуэхэр, муниципальнэ районхэм, къуажэхэм я Iэтащхьэхэр, мэкъумэшыщIэ (фермер) хозяйствэхэм я унафэщIхэр, нэгъуэщIхэри. Къызэхуэсахэм фIэхъус псалъэхэмкIэ захуигъэзащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий. ЗэIущIэр къызэIуахащ икIи ирагъэкIуэкIащ УФ-м и Къэрал Думэм и Аграрнэ комитетым и унафэщIым и къуэдзэ Лавриненкэ Алексейрэ УФ-м и Къэрал Думэм и депутат, Аграрнэ комитетым хэт Максимовэ Светланэрэ. Къызэхуэсахэр хэплъащ 2014 - 2018 гъэхэм КъБР-м и къуажэ щIыналъэхэм зэпIэзэрыту зегъэужьынымкIэ яубзыхуауэ щыта Iуэхухэр зэрагъэзэщIам, апхуэдэу къуажэ щIыналъэм комплекснэу зегъэужьынымкIэ Урысей Федерацэм и къэрал программэм хиубыдэу мэкъумэшыщIэхэм ягъуэтыну дэIэпыкъуныгъэхэм. Псом хуэмыдэу гъэщIэгъуэну екIуэкIащ налогхэр зэрытралъхьэ патент системэм, къуажэ туризмэм зегъэужьыным теухуа псалъэмакъыр. ЧЫЛАР Аринэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "540.txt" }
ЦIыхухэр Президентым йопсалъэ Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир, хабзэ зэрыхъуам тету, махуэку кIуам теленэтын занщIэмкIэ жэуап яритащ ди къэралым и щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм щыпсэу цIыхухэмрэ хамэ къэралхэм щыщхэмрэ я упщIэхэм. Путиныр Президент къулыкъум зэрыпэрыхьэрэ мыр теленэтын 17-нэщ. «Первый», «Россия 1», «Россия-24», «НТВ», «ОТР», «Мир» каналхэмкIэ къата теленэтыным къыщыIуащ ди хэкум и жылагъуэ-политикэ, социально-экономикэ щытыкIэхэм, хамэ къэрал Iуэхухэм ятеухуа упщIэхэмрэ къэрал унафэщIым и жэуапхэмрэ. Нэтыным щIидзэн и пэ къихуэу телефонкIэ, смс-кIэ, ммс-кIэ, сайтхэмкIэ, соцсетхэмкIэ, мобильнэ гуэдзэнымкIэ, видео-зыхуэгъэзэныгъэкIэ упщIэ мелуанрэ ныкъуэрэ хуэдиз къаIэрыхьат теленэтыныр зыгъэхьэзырхэм. Къатхэхэм, къэпсалъэхэм я нэхъыбэр зыгъэпIейтейр узыншагъэр хъумэным, щIэныгъэ зэгъэгъуэтыным, псэупIэ-коммунальнэ IэнатIэм, унагъуэщIэхэм къыIах ипотекэм, пенсэм, лъэпкъ проектхэм, нэгъуэщIхэми ятеухуауэ щытащ. Адрей илъэсхэм къащхьэщыкIыу, мы гъэм теленэтын занщIэр щIимыдзэ щIыкIэ языныкъуэ Iуэхугъуэхэр зэфIахын щIадзащ. Мэкъуауэгъуэм и 9 лъандэрэ цIыхубэм къагъэхь упщIэхэр Путиным Iэрыхьащ икIи зыбжанэрэ зэIущIэхэр иригъэкIуэкIащ. КъищынэмыщIауэ, нэтын занщIэм хэлэжьыхьащ федеральнэ министрхэмрэ хэгъэгу Iэтащхьэхэмрэ. Нэгъабэ къыщхьэщыкIыу, мы гъэм Iуэхур щекIуэкI студием щIэсащ къэрал къулыкъущIэхэр, медицинэм, экономикэм, спортым, щIэныгъэм, щэнхабзэм, гъуазджэм я лэжьакIуэхэр, дзэм къулыкъу щызыщIэхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, щIалэгъуалэм ящыщхэр. Путиным и теленэтын занщIэм къыщыIуа упщIэхэмрэ жэуапхэмрэ ятеухуа тхыгъэ убгъуа ди газетым и къыкIэлъыкIуэ къыдэкIыгъуэм тетынущ. НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "541.txt" }
Адыгэхэм ящыщу япэу академик хъуа Щоджэн Iэсхьэд КъэхутакIуэ емызэш Лъэпкъ щIэныгъэлI пажэ, ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием (РАН) адыгэхэм ящыщу япэу хагъэхьа, Адыгэ Республикэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ящыщу япэу биологие щIэныгъэхэм я доктор хъуа, профессор, Урысей Федерацэм, Кубаным, АР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Щоджэн Iэсхьэд Хьэзрэт и къуэр ящыщщ зи зэфIэкI лъагэмрэ щIэныгъэ куумрэ мэкъумэш щIэ­ныгъэм и зыужьыныгъэм тыхь хуэ­зыщIахэм. И ныбжьыр илъэс 65-нэм иту арами, абы щыщу 40-м щIигъур Що­джэным хуигъэпсащ щIэныгъэ-къэху­тэныгъэ лэжьыгъэшхуэхэр зэфIэхыным. Псори зэхэту къапщтэмэ, къэхутакIуэ емызэш Щоджэн Iэсхьэд и къалэмыпэм къыпыкIащ щIэныгъэ статья 1150-рэ. Абыхэм ящыщу 36-р монографиерэ зэреджэ тхылъхэщ, 80-р чэнджэщ щхьэпэхэр зэрыт брошюрэщ, адрейхэр щIэныгъэ журналхэм, газетхэм къытехуа тхыгъэ щхьэхуэхэщ. УФ-м и еджапIэ нэхъыщхьэхэм зэрыщрагъаджэ пособиехэ­ри куэд дыдэ мэхъу. ГъащIэм, щIэныгъэм, жылагъуэ Iуэхухэм апхуэдэу жыджэру хэт цIыху щыпкъэм и IуэхущIафэхэм хуэфэщэн пщIэрэ гулъытэрэ егъуэт. Адыгейск къалэм щIыхь зиIэ и цIыхум, Мейкъуапэ къэрал технологие университетым щIыхь зиIэ и профессорым къыхуагъэфэщащ къэрал дамыгъэхэр, щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр. Що­джэным къратащ УФ-м и Президентым, Краснодар крайм и администрацэм и Iэтащ­хьэм къабгъэдэкI фIыщIэ тхылъхэр. Ар хъуащ Краснодар крайм и администрацэм щIэныгъэмкIэ игъэува саугъэтым и лауреат, пашэ щыхъуащ Адыгэ Республикэм, Урысей мэкъумэш академием, Краснодар крайм щрагъэкIуэкIа щIэныгъэ зэпеуэхэм. Щоджэн Iэсхьэд Естественнэ щIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием, Реальнэ экономикэмкIэ дунейпсо академием я академикщ. Абы къыхуагъэфэща щытхъухэмрэ дамыгъэ лъапIэхэмрэ иджыри зы къа­хэхъуащ.­ Кубаным и зыужьыныгъэм зэрыхуэлажьэм папщIэ Щоджэн Iэсхьэд иджыблагъэ къратащ Краснодар крайм и дамыгъэ нэхъ лъапIэр - япэ нагъыщэ зиIэ орденыр. Апхуэдэ къэрал, жылагъуэ гулъытэ иныр хуэфащэ дыдэщ Щоджэн Iэсхьэд. Кърата дэтхэнэ дамыгъэри тхылъ лъапIэри къыпэкIуащ щIэныгъэлIым зэфIиха лэжьыгъэ купщIафIэхэм, иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэ гъэщIэгъуэнхэм, и къалэмыпэм къыпыкIа тхыгъэ хьэлэмэтхэм. ЕхъулIэныгъэ куэд гъащIэм, лэжьыгъэ IэнатIэм щызыIэрызыгъэхьа Щоджэн Iэсхьэд Хьэзрэт и къуэм дохъуэхъу лэжьыгъэм хуиIэ гукъыдэжымрэ жыджэрагъымрэ хэмыщIу, и щIыхьымрэ и щыт­хъумрэ хэхъуэ зэпыту, узыншагъэ быдэ иIэрэ и мурадхэр къехъулIэу, лъэпкъыр, къэралыр ипэкIэ зыгъэкIуатэ къэхутэныгъэщIэхэмкIэ дигъэгуфIэу иджыри илъэс куэдкIэ псэуну. КЪАРДЭН Маритэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "542.txt" }
Дрогушхуэ икIи дропагэ РАН-м, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием, Мэкъумэш ЩIэныгъэ­хэмкIэ Урысей Академием я академик, биологие щIэ­ныгъэхэм я доктор, профессор цIэрыIуэ Щоджэн Iэс­хьэд хуэдэу щIэныгъэ лэ­жьыгъэ купщIафIэ куэд зи къалэмыпэм къыпыкIа цIыху адыгэхэм къытхэмы­кIами ярейщ. И гъащIэм къриубыдэу ар здынэсыфа лъа­гапIэхэм, зыIэри­гъэ­хьа ­ехъулIэныгъэхэм хуэдэ яху­зэфIэкIакъым Урысейм и зы биологми, физиологми, мэкъумэш IэщIагъэлIми. Биологиемрэ агрохимиемрэ зи лъабжьэ и лэжьыгъэхэм я закъуэ том 40-м нос. Абыхэм яхэтщ моног­рафие щхьэхуэу пщIы бжыгъэхэр, УФ-м и студентхэр зэреджэ тхылъ куэд. Къэралым, ди щIыналъэм я тхыдэ пэжыр зэфIэгъэувэжынымкIэ мыхьэнэшхуэ яIащ Iэс­хьэд и тхылъхэу «Адыгэхэм я щIыгу», «Сталин», нэ­гъуэщIхэми. Ап­хуэдэу ар мы­зэ-мытIэу тетхыхьащ лъэпкъ щIэныгъэм и зыу­жьыныгъэм хэлъ­хьэ­ныгъэ хуэзыщI IэщIагъэлI­хэм, щIым хъер нэхъыбэ къи­ты­ным зи зэфIэкIхэр езыхьэлIэ къэхутакIуэхэм. Дэтхэнэ зы IэщIагъэлIри зыгъэлъапIэ Iуэхугъуэхэм ящыщщ и Iуэхур адэкIэ зыгъэкIуэтэн щIэблэ игъа­сэмэ. АпхуэдэхэмкIи къулейщ Щоджэныр. Абы и нэIэм щIэту кандидат, доктор диссертацэхэр ягъэхьэ­зыращ, ехъулIэныгъэ яIэу пхагъэкIащ щIэныгъэлI ныб­жьыщIэ куэдым. Ахэр ирогушхуэ я егъэджакIуэ щып­къэм, унэтIакIуэ IэкIуэ­лъакIуэм, гъащIэм, лэжьыгъэм хуаIэ жыджэрагъымкIэ нэхъыжьыфIыр щапхъэ яхуэхъуу. Iэсхьэд зэчий лъагэ зыбгъэдэлъ, гъащIэм лъэны­къуэ куэдкIэ щыгъуазэ, еш имыщIэу ар зыдж щIэныгъэлI-къэхутакIуэщ. Ар адыгэ лъэпкъыр фIыуэ зы­лъагъу, абы и блэкIам щы­гъуазэ, къэкIуэну дахэм хуэ­лажьэ, иджырей гъащIэр езы­гъэфIакIуэ тхыдэдж Iэ­зэщ. ЖыпIэнурамэ, Що­джэ­ным и фэгъу хэкупсэ куэд щыIэу ди фIэщ хъур­къы­м. Дэ дрогушхуэ икIи дро­пагэ ди ныбжьэгъу пэж, ди къуэш Щоджэн Iэсхьэд ЩIэ­ны­гъэхэмкIэ Урысей Ака­демием и академик адыгэ­хэм тщыщу япэу зэ­рыхъуам. Тхьэм фIыщIэ худощI апхуэдэ цIыху телъы­джэм, хьэлэмэтым гъащIэм дызэрыщыхуигъэзам папщIэ. ЩОДЖЭН Аслъэнбэч, техникэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и академик, ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и вице-президент. Щэхур наIуэ къэзыщI Iуащхьэмахуэ и щыгу лъэщитIым хуэбгъадэ ­хъунущ профессор Щоджэн Iэсхьэд и къэхутэныгъэ лэжьыгъэшхуэхэу «Биогеохимия», «Прунжыр къэгъэкIыным и агрохимиемрэ физиологиемрэ» жыхуиIэхэр. Абыхэм яхуэбгъадэ хъун монографие иджыри къыхэхуакъым дунейпсо щIэныгъэ литературэм. Тхылъхэм къыщыгъэлъэгъуащ къэкIыгъэ щхьэ­хуэхэмрэ дыкъэзыухъуреихь дунеймрэ яку дэлъ зэпыщIэныгъэхэр, а щэхухэри наIуэ къы­щыщIащ. ЩIэныгъэлIхэр куэд лъандэрэ щыгъуазэщ Менделеевым и таблицэ цIэрыIуэм ит химие элементхэм ящыщ псори къэкIыгъэхэм зэрахэлъым. А Iуэхум куэд лъандэрэ гулъытэ хуащIырт химикхэми, физиологхэми, биохимикхэми, арщхьэкIэ абы теухуауэ щыIэ щIэныгъэр апхуэдизу зэпэщхьэхуэт икIи гъуэтыгъуейти, дэтхэнэ щIэныгъэлIми ар къигъэсэбэпыфыртэкъым. А псори къэлъыхъуэжыныр, джыныр, зэIубз щIыжыныр - ар биохимикхэм куэд лъандэрэ къапэ­щылъ къалэнышхуэт. Абы хунэ­-сащ щIэныгъэлI щэджащэ Щоджэн Iэсхьэд. Абы и къалэмыпэм къыпыкIа «Биогеохимия» монографиер хъуащ а IуэхумкIэ нобэр къыздэсым иримыкъуу щыта щIэныгъэр зыгъэтэмэмыжа лэжьыгъэ ин. Ижь зэманым псэуа философхэм яIа гупсысэкIэм къыщыщIедзэри, Щоджэныр хуокIуэ химие элементхэр къызэрызэIуаха щIыкIэм. АдэкIэ къэхутакIуэм дыкIэлъегъэплъ химие щIэныгъэр зэрызэтеувамрэ абы къикIуа гъуэгуанэ кIыхьымрэ. Химие элементхэм ящыщ дэтхэнэми щхьэхуэу къытеувыIэурэ, Щоджэным къехь ахэр гуп-гупу зэрыгуэшауэ щIэныгъэ дунейм щызекIуэ бзыпхъэхэм. Апхуэдэу Iэсхьэд къехь абыкIэ езым и Iуэху еплъыкIэ щхьэхуэри, дэтхэнэ элементми и къэхъукIэмрэ щыIэкIэмрэ иубзыхуу. ЩIэныгъэлIым къегъэлъагъуэ химие элементхэм щIыуэпсым, къэкIыгъэхэм, цIыхухэм, псэущхьэ псоми я гъащIэм щаубыд увыпIэхэр. Лэжьыгъэ купщIафIэм и кIэухыу Щоджэныр топсэлъыхь къэкIыгъэхэм я къэхъукIэм, зыужьыкIэм, ахэр зэлъыта Iуэхугъуэхэри гулъытэншэ имыщIу. «Биогеохимия» тхылъыр хъуащ щIэныгъэ куэд: агрохимиер, щIыгулъыр джыныр, экологиер, физиологиер, биохимиер - зэпызыщIэ къэхутэныгъэ. Що­джэным пищащ щIэныгъэлI цIэрыIуэ Вернадский В. ирихьэжьауэ щыта къэхутэныгъэхэм. И къалэмыпэм къыпыкIа тхылъри хъуащ биогеохимиемкIэ иджыри къэс щыIа щIэныгъэ псори щызэхуэхьэса щIэнгъуазэ. А монографие цIэрыIуэм папщIэ Щоджэным етIуанэу къратащ щIыхь тхылърэ «Кубаным и щIэныгъэр зэрыгушхуэ» дыщэ медалымрэ. ЩIэныгъэ дунейм пщIэшхуэ щиIэщ Щоджэным и «Прунжыр къэгъэкIыным и агрохимиемрэ физиологиемрэ» тхылъым. Тхылъым шэщIауэ къыщыгъэлъэгъуащ прунж къэкIыгъэм и тхыдэмрэ абы и хэщIэкIэм епха щхьэхуэныгъэхэмрэ. А къэкIыгъэм ехьэлIауэ илъэс куэдкIэ иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэр лъабжьэ хуищIащ Щоджэным и тхылъым. Прунжыр гъэкIынымкIэ Урысей щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и IэщIагъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, Щоджэ­ным и къалэмыпэм къыпыкIа лэжьыгъэм хуэдэ а къэкIыгъэм теухуауэ иджыри къэс диIакъым. Абы къа­нэ щымыIэу къыщыгъэлъэгъуащ прунжыр хэ­щIэным, абы къит гъавэм хэгъэхъуэным епха лэжьыгъэ псори. Апхуэдэу прунж лIэужьыгъуэхэр, абыхэм ящыщу дэтхэнэми иIэ щхьэхуэныгъэхэр, зэрелэжьыпхъэхэр, щIыгъэпшэрхэр зэретыпхъэхэр наIуэ къыпщещI тхылъым. Ар хъуащ лъэпкъ щIэныгъэр ипэкIэ зыгъэкIуатэ хэлъхьэныгъэ ин. IЭЩЫН Юнус, биологие щIэныгъэхэм я доктор. «ЩIэныгъэм и олимп» зэпеуэм щытекIуахэм яхэтщ. 2008 гъэ
{ "source": "apkbr.ru", "id": "543.txt" }
ГъащIэ мардэ Гъуэгуанэ купщIафIэ къикIуащ Щоджэн Iэс­хьэд. Адыгей автоном областым хыхьэ Тэучэж ­куейм и Едэпсыкъуей жылэм къыщалъхуа щIалэм и сабиигъуэр ирихьэлIащ зауэ нэужь лъэхъэнэ хьэлъэм. А зэманым пыщIауэ щыта гугъуехь псори игъэващ Iэсхьэд, ауэ абыхэм ар иращIыкIакъым, атIэ гъащIэм хуеIэ, ар езыгъэфIэкIуэну щIэхъуэпс цIыху къыхащIыкIащ. 1969 гъэм Щоджэным къиухащ я къуажэ дэт курыт школыр икIи куэд дэмыкIыу дзэм ираджащ, Хэкум къулыкъу хуищIэну. ЩIыхь зыпылъ а къалэныр екIуу игъэзэщIа нэужь, абы щалъхуа щIыпIэм къигъэзэжащ икIи Кубань къэрал мэкъумэш университетым щIэтIысхьэри, агроном IэщIагъэм щыхуеджащ. ЩIэныгъэм хуэнэхъуеиншэ щIалэм адэкIи еджэным пищащ. 1981 гъэм Щоджэныр щIэ­тIысхьащ Прунжыр гъэкIынымкIэ союзпсо щIэ­ныгъэ-къэхутакIуэ институтым и аспирантурэм. Илъэси 4 дэкIри, щIэныгъэлI ныбжьыщIэм ехъу­лIэныгъэкIэ пхигъэкIащ прунжыр гъэкIыным епха и кандидат лэжьыгъэр. Куэд дэмыкIыу абы утыку кърихьащ щытхъушхуэ зыхужаIауэ щыта и доктор диссертацэри. Бгъэдэлъ щIэныгъэ куум, Iуэху зехьэкIэ пэрытым, хэлъ жыджэрагъышхуэм я фIыгъэкIэ Щоджэным хузэфIэкIащ къэхутэныгъэ хьэлэмэтхэр иригъэ­кIуэкIыну. Ахэр я лъабжьэу щIэныгъэлIым и къалэмыпэм къыпыкIащ тхылъ куэд. Апхуэдэхэщ «Куль­тура риса в Адыгее», «Теория и практика применения микроудобрений в рисоводстве», «Полегание риса», «Альгофлора рисовых полей Кубани», «Удобрения риса», «Диетология риса», «Агрохимия в России», нэгъуэщI куэди. Щоджэным и лэжьыгъэхэм ящыщ дэтхэнэри биогеохимикхэм папщIэ щIэнгъуазэ пэлъытэщ. Щоджэн Iэсхьэд студентхэм папщIэ игъэхьэзыра зэреджэ тхылъхэм фIагъышхуэ ябгъэдэлъщ, ипэкIэ къыдагъэкIауэ щыта апхуэдэхэм йофIэкI я зэхэлъыкIэкIи, ярыт таблицэхэмкIи, сурэтхэмкIи. Зэчий лъагэ зыбгъэдэлъ щIэныгъэлIым, Прунжыр гъэкIынымкIэ союзпсо щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и унафэщIым и къуэдзэм, Кубань къэрал мэкъумэш университетым и кафедрэм и унафэщIым, хузэфIэкIащ ди къэралым и щIыпIэхэм прунжыр щыгъэкIынымкIэ щыIэ щхьэхуэныгъэхэр къихутэн, а Iуэхур езыгъэфIакIуэ Iэмалхэр иубзыхун. А лэжьыгъэ купщIафIэхэм къадэкIуэу, Щоджэныр хунос дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэным ехьэлIауэ республикэр зыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэми, щIыналъэм и тхыдэм, щIэныгъэм я зыужьыныгъэм епха къэхутэныгъэхэми. Абыхэм ятеухуа тхыгъэ купщIафIэ куэди и къалэмыпэм къыпыкIащ Iэсхьэд. Щоджэным и щIэныгъэ лэжьыгъи 3-м къэхутэныгъэм и патент къыпэкIуащ. А тхыгъэхэм къызэщIау­быдэ гъащIэм, щIэныгъэм я лъэныкъуэ куэд. Абыхэм яхэтщ къэкIыгъэ щхьэхуэхэм ятеухуахэри, агрохимиемрэ ботаникэмрэ ехьэлIахэри, щIыналъэм и географиемрэ тхыдэмрэ пыщIахэри, цIыху цIэрыIуэхэм я гъащIэмрэ лэжьыгъэмрэ къыщыгъэлъэгъуахэри. Къыхэгъэщыпхъэщ Щоджэным и дежкIэ апхуэдиз Iуэхур къалэну, лэжьыгъэу зэрыщымытыр – ар щIэныгъэлIым и дуней тетыкIэщ, и гъащIэ мардэщ, и псэукIэщ. КАРПАЧЕВСКИЙ Лев, биологие щIэныгъэхэм я доктор, Москва дэт къэрал университетым и профессор. Лъэпкъ тхыдэм и щIэнгъуазэ Жылагъуэм пщIэшхуэ щызиIа, гулъытэшхуэ щы­зы­гъуэта лэжьыгъэхэм ящыщщ 1996 гъэм дунейм къытехьауэ щыта «Адыгэ­хэм я щIыгу» тхы­лъыр. Мыбдежым мэкъу­мэш щIэныгъэлI Щоджэн Iэс­хьэд щыдолъагъу тхы­дэдж IэкIуэлъакIуэу, щалъхуа Хэкум и блэкIам и къэхутакIуэ емызэшу. «Дэт­хэ­нэри и лъэпкъ тхы­дэм щыгъуэзэн хуейщ» гуп­сы­сэрауэ къыпщохъу а тхы­лъым лъабжьэ хуэ­хъуар.­ Кавказ Ищхъэрэм и тхы­дэм теухуауэ щыIэ къэху­тэныгъэ хьэлэмэтхэм яхэуващ «Адыгэхэм я щIыгу» тхы­лъыр. Абы къыщыгъэ­лъэгъуащ ди лъэпкъым пасэ зэманым иIа псэукIар, хъуэп­сапIэхэр, зыпыщIауэ щыта гъунэгъухэр, зэрихьэу щыта хабзэхэр, щэнхабзэр, и IуэрыIуатэ къулейр. Тхы­лъыр куэдым ягу зэрырихьам, щIэх дыдэу цIэрыIуэ зэрыхъуам и щыхьэтщ ар дунейм къызэрытехьэу абы теухуа нэтынхэр, тхыгъэхэр хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм зэрыщызэбгрыкIар, тхылъеджэхэм я конференцхэр мы­зэ-мытIэу зэрызэхашар. 2004 гъэм ар етIуанэу къы­дэкIыжа пэтми, ноби гъуэтыгъуейщ. Абы хэлъ хьэлэмэ­тагъ­хэм ящыщщ зэрытха бзэр. Тхылъым и гугъу щы­щIащ адыгэхэм я щIыналъэм и тхыдэм, географием, цIыхуцIэхэмрэ щIыпIэ­цIэхэмрэ я къэхъукIам, анэдэлъхубзэм и зыу­жьыкIэм, лъэпкъым зэрихьэ дин фIэщхъуныгъэм. Ахэр псори гупсысэ куу зыщIэлъ Iуэхугъуэхэщ, арщ­хьэкIэ Щоджэным лъэ­кIащ тхы­лъеджэм и деж ахэр гурыIуэгъуэу, зэхэ­щIыкIыгъуэу нихьэсын. Ауэ щыхъукIи «Адыгэ­хэм я щIыгу» тхы­лъым «зэ Iубыгъуэу» укъе­джэфынукъым - напэкIуэцI 750-рэ хъу а къыдэ­кIыгъуэр адыгэ гъащIэм и щIэнгъуазэ пэлъытэщ. Абы къыхэкIыу тхылъым мызэ-мытIэу къы­тыбогъэзэж, уо­джэж, къибгъуэта Iуэхугъуэ­хэм щIэ­рыщIэу уегупсысыжурэ. Дэфтэр пэжхэр и лъабжьэщ Щоджэным и тхыдэ лэжьыгъэшхуэм. Абы зэпкъ­рыха щыхъуа Iуэхугъуэхэм ящыщщ адыгэхэм тхыгъэ зэрагъуэтари, щIэныгъэм и нэхум зэрыхыхьари, лъэпкъ гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ зэрызаужьари. Тхылъым еджэ дэтхэнэми абы къыщигъуэтынущ и жылэм, и лъэп­къым, и нэхъыжьхэм ехьэлIа хъыбар хьэлэмэтхэр. Сыт и уа­сэ Черкасскэхэм ятеухуауэ абы къыщыхьа тхыгъэхэр! Адыгэм къыхэкIамрэ ­ады­гэм къилъхуамрэ лъэпкъ гушхуэныгъэ къы­хэзылъхьэ, и щхьэм, и щIыналъэм, и щIэблэм пщIэ хуезыгъэщIыжщ Щоджэн Iэс­хьэд и «Адыгэхэм я щIыгур». Адыгэ Республикэм къэралыгъуэр зэрыщызэфIэувам теухуащ «Адыгейм и пашэу» цIэр иIэу Щоджэным къыдигъэкIа тхылъыр. Апхуэдэу абы къыщыхьащ республикэм илъэс зэхуэмыдэхэм и унафэщIу щытахэм я гъащIэм, дуней еплъыкIэм, Iуэху зехьэкIэм ехьэлIа тхыгъэхэри. Тхылъеджэхэр лъэныкъуэ куэдкIэ зытепсэлъыхьа тхылъщ щIэныгъэлI-тхы­дэдж Щоджэн Iэсхьэд и «Сталин» тхылъри. Бзэ къулейкIэ, шэрыуэкIэ тхащ томи 3-у зэхэт лэжьыгъэр. Абы дихьэхыу еджащ зи къэралым и тхыдэр, Совет Союзым къикIуа экономикэ, социальнэ зыужьыныгъэ гъуэгуанэр зы­фIэхьэлэмэт куэд. Тхы­лъым теухуа псалъэмакъ щекIуэкIащ «Адыгэ макъ», «Советская Адыгея» газетхэм я напэкIуэцIхэм. Языныкъуэхэм жаIэрт, авторым жиIэ псомкIи мыарэзыми, тхылъыр абы и ехъулIэныгъэ лъагэу зэрыщытыр, абы узыIэпишэу, «укъимыутIыпщу» укъызэреджэр. Адрейхэми къалъытэрт Сталиным и гъащIэм теухуа тхылъыр и чэзу дыдэу дунейм къытехьауэ икIи абы и фIыгъэкIэ вождышхуэм мы зэманым ­хужаIэ мыхъумыщIагъэхэм кIэ игъуэтыну. ЩIыпIэ куэдым щызэбгрыкIа а тхылъыр псом хуэ­мыдэу ягу ирихьащ Хэку зауэшхуэм и ветеранхэм, Сталиным и зэманыр зыщIэж нэхъыжьхэм. Абыхэм зэрыжаIэмкIэ, гушхуэныгъэ ­къы­п­хелъхьэ зи хэкум и тхыдэм, и блэкIам нэсу пщIэ хуэзыщI цIыхухэр иджыри зэры­щыIэм. Дауэ хъуми, тхылъеджэм Iэмал игъуэтащ Сталиныр иджыри зэ «зригъэцIыхуну», щхьэтепхъуэ лъэпкъи гъэпщкIуаи щы­мы­Iэу. Куэдым къалъытэ Урысей Федерацэм къихъуэ щIэб­лэщIэм хэкупсэ гъэ­сэныгъэ етынымкIэ Що­джэн Iэсхьэд и «Сталин» тхылъым иIэ мыхьэнэр къып­хуэ­мы­лъытэным хуэдэу ину. ХЪУРМЭ Хьэзрэт, мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор. ЩIэныгъэм и джакIуэ Профессор Щоджэн Iэсхьэд къэхутакIуэ Iэзэ, щIэныгъэлI гъуэзэджэ къудейкъым, атIэ ар ящыщщ щIэныгъэм и пщIэр жылагъуэм къы­щызыIэт, абы щIэблэр дезыгъэхьэх цIыхухэм. ЕгъэджакIуэ IэкIуэлъакIуэм Iурылъ бзэр екIущ, гурыIуэгъуэщ. Студентхэм я пащхьэ щит лекцэхэм, и къалэмыпэм къыпыкI тхыгъэхэм, тхылъ­хэм абы щыхузэфIокI мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэху­гъуэхэр зызыхуигъазэхэм я деж нихьэсын. Биогеохимием, агрохимием, географием, щIыуэпсыр хъумэным, тхыдэм, социологием, щэнхабзэм, IуэрыIуатэм ятеухуауэ щIэныгъэлI-къэхутакIуэм игъэхьэзыра тхыгъэхэр хуабжьу куп­щIафIэхэщ, хьэлэмэтхэщ. Щоджэным и тхылъхэм я гугъу щыпщIкIэ, къыхэгъэщыпхъэщ «Адыгейм и щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэр» жыхуиIэр. Адыгэ Республикэр къулейщ щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэмкIэ. Мылылъэ бгы лъагэхэр, губгъуэ гъунапкъэншэхэр, мэз Iувхэр, хъупIэ хуитхэр, псы уэрхэр, гуэл щхъуантIэхэр, Кавказ къэрал щIыуэпс биосферэ заповедникыр - ахэр ящыщщ а щIыналъэр нэгъуэщI щIы­пIэхэм дахагъкIэ, теплъэкIэ, щытыкIэкIэ къахэзыгъэщхьэхукI Iуэхугъуэхэм. Абыхэм шэщIауэ топсэлъыхь Щоджэныр. Апхуэдэу гулъытэншэ ищIыркъым Адыгэ Республикэм туризмэм зыщиужьын пап­щIэ иIэ Iэмалхэр къэгъэлъэгъуэным. Абыхэм, нэгъуэщI Iуэхугъуэхэм нэс «Адыгейм и щIыуэпс ­хъугъуэфIыгъуэхэр» тхылъыр а щIыналъэм и географие щIэнгъуазэу къалъытэ. Абы яфIэгъэщIэ­гъуэ­ну йоджэ школакIуэхэри, еджапIэ нэхъыщхьэхэм я студентхэри, щIыуэпсыр джыным, хъумэным зи IэщIагъэр епхахэри, щалъхуа щIыналъэр фIыуэ зылъагъу дэтхэнэри. Тхылъеджэ куэдым хуабжьу яфIэхьэлэмэтщ Щоджэн Iэсхьэд и къалэмыпэм къыпыкIа «Кавказ Ищхъэрэм щIым зэрыщелэжьыр» лэжьыгъэшхуэр. ТхылъиплIу зэхэт а къыдэкIыгъуэм къыщыгъэлъэ­гъуащ мэкъумэш IэнатIэм щIыналъэм зэрызыщиужьа щIы­кIэр, абы хэлъ щхьэхуэныгъэхэр, мэкъумэ­шыщIэхэр нэхъыбэу зэлэжь хьэцэпэцэхэр, цIыхубэ медицинэм къыщагъэсэбэп къэкIыгъэхэр, нэ­гъуэщIхэри. Тхылъхэр хуабжьу гъэщIэгъуэну зэхэгъэуващ. Ахэр щигъэхьэзырым, щIэныгъэлIым щIип­щытыкIащ Кавказ Ищхъэрэм и тхыдэм ехьэлIауэ щыIэ лэжьыгъэ, ди щIыпIэм зэман зэмылIэужьыгъуэхэм щыIауэ щыта тхыдэджхэм, нэгузегъэу­жьакIуэхэм, зыплъыхьакIуэхэм я IэдакъэщIэкI куэд, археологие къэхутэныгъэхэм, IуэрыIуатэдж зекIуэ­хэм кърикIуахэм ящыщ тхыгъэхэр. Гулъытэ хэха къелэжь Щоджэным и тхылъхэм ящыщу «Диетология риса» жыхуиIэм. Лэжьыгъэм япэ дыдэ нэсу къыщыгъэлъэгъуащ а къэкIыгъэм и биохимие зэхэлъыкIэр, къыхащIыкI шхын зэ­мылIэужьыгъуэхэр, Iэпкълъэпкъым хуищIэр, къызэрыгъэсэбэпыпхъэ мардэхэр. ЩХЬЭБАЦЭ Аслъэн, биологие щIэныгъэхэм я доктор. Адыгэ Республикэм и Президент ТхьэкIушынэ Аслъэнджэрий и гъусэу. 2007 гъэ Адыгэ Республикэм и цIыхубэ тхакIуэ МэшбащIэ Исхьэкърэ Щоджэн Iэсхьэдрэ. 2005 гъэ
{ "source": "apkbr.ru", "id": "544.txt" }
МЫСЫР ШЭРДЖЭС ПАЩТЫХЬХЭР (КIэухыр. ПэщIэдзэр №38-м итщ). Барысбий 1438 гъэм мэкъуауэгъуэм и 7-м емынэм ихьащ. Абы иужькIэ екIуэкIа илъэс 30-м бжьыпэр яIыгъащ адыгэ Iэтащхьэхэу Исуф, Джэкъмакъ, Инал ЕтIуанэм, Хъущкъуэдэм, Былбей сымэ... Къулеягъри тхьэмыщкIагъэри Каир щызэгъусэт, дыгъуэныр псори зэсэжат, абы щхьэкIэ тезыр хьэлъэ тралъхьэми. Сатум пыщIахэр къулей зэрыхъум къишэрт абыхэм я егъэлеиныгъэр. ХущIыхьэгъуэ зэрагъуэтыр пыщIат зэрагъэщIэращIэ ислъам гъуазджэм зэрызиужьым, тхыпхъэщIыпхъэ хьэлэмэтхэр щыплъагъурт мэжджытхэмрэ дин Iуэхум щыхуеджэ еджапIэхэмрэ я мызакъуэу, мамлюк къулейхэмрэ сатуущIхэмрэ я унэхэм. Ауэ къызэрыгуэкI цIыхухэри щIэкъухэрт я псэупIэхэр ягъэщIэрэщIэну. «Каир зы уни дэткъым жэзым къыхэщIыкIа хьэпшып гъэщIэрэщIа гуэр щумыгъуэтыну», - епщыкIутхуанэ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм етх ал-Макризи. Мамлюк къулейхэм я унафэкIэ ислъам гъуазджэм и тхыпхъэщIыпхъэхэм IэщIагъэлIхэм адыгэ дамыгъэхэм ящыщ гуэрхэр халъхьэрт. Ноби ахэр щыплъагъунущ курыт лIэщIыгъуэм яухуа чэщанэхэу, унэхэу, быдапIэхэу Сирием (Щам, Хьэлэб, Хьэмус), Ливаным, Палестинэм, Мысырым (Каир, Александрие, Дамиеттэ) щыхъума хъуахэм. Джеймс Олдридж и «Каирым» щыжеIэ: «Нобэр къыздэсым щытщ абыхэм (адыгэхэм - Хь. М.) яухуа фэеплъ инхэр. Ахэр куэд мэхъу, ауэ фэеплъитIыр нэхъ дахэщ, адрейхэм ямыщхьу нэхъ хьэлэмэтщ, нэр пIэпихыу архитектурэм ущыдэзыхьэхщ». 1468 гъэм сулътIан тахътэр еубыд къэралыр илъэс 28-кIэ зезыхьа Iэшрэф Сэфудин Къеит-бей. ЗылъэкI гуэрым ар щIалэ цIыкIуу къищэхуат. Адрей мамлюкхэм хуэмыдэу, Къеит-бей и анэдэлъхубзэр ищIэжырт икIи сыт щыгъуи игу ихуртэкъым зыщалъхуа адэжь хэкур - Кавказыр. ЗэхэщIыкI нэс зэриIэм и щыхьэту, абы гъуэгу, еджапIэ, быдапIэ, лъэмыж куэд ирегъэухуэ. Бекпэши Абрэхьмэн Зэкий и «Илъэс мин япэкIэ Каир и щытыкIар» тхыгъэм дыкъыщоджэ: «Къеит-бей лэжьыгъэм дэни щынэсырт. И гулъытэкIэ цIэрыIуэт, абы и зэманым щыIа фэеплъхэр джыным удимыхьэхыу къанэркъым, ахэр умыгъэщIэгъуэни пхузэфIэкIыркъым. Къеит-бей щыпсэуа лъэхъэнэр архитектурэ ухуэныгъэ гъуэзэджэ куэд зэрищIамкIэ ещхьыркъабзэщ ан-Насир ад-дин Мухьэмэд щыпсэуа зэманым. Адыгэ мэжджытхэм зэпымычу зыIэпашэ дуней псом и щIыпIэ Iэджэхэм къикIа архитекторхэр, сурэтыщIхэр, туристхэр». Къеит-бей унафэщI Iущ къудейм къыщымынэу, дзэзешэ лIыхъужьт. Зыхэта къэзэуныгъэ куэдым «Зыри зытемыкIуэж мамлюк Iэтащхьэ» цIэр абы къыщехь. Закиров Сэлихь и тхылъ «Дыщэ Ордамрэ Мысырымрэ я дипломат зэхущытыкIэхэр» жыхуиIэм (Мэзкуу, 1966) щетх: «Дзэ лъэщ зиIа мамлюкхэм я къэралыгъуэ зэгуэтым, экономикэ зыужьыныгъэ лъагэ зыгъуэтам, мызэ-мытIэу удын иридзащ жорзехьэхэм, монголхэм, уэсмэн тыркухэм». Уэсмэн сулътIаныр къызэрытеуэнум Къеит-бей нэхъ пасэу гу лъетэ. 1485 гъэм махуэ зыбжанэм къриубыдэу Сирием и гъунапкъэм щыIэ Аданэ, Таре къалэхэм йобгъэрыкIуэри къеубыд. Тырку сулътIаным и малъхъэмрэ пэщэ зыбжанэрэ гъэр ещI. Уэсмэн тепщэ губжьам игу ирелъхьэ Мысырыр къизэуну. Мамырыгъэ зэщIылIэным теухуауэ Къеит-бей къыхилъхьа псори лъэныкъуэ ирегъэзри, тырку сулътIаным 1488 гъэм аргуэру дзэщIэ зэхуешэс икIи Азие ЦIыкIум и щIыналъэм зауэщIэм щыщIедзэ. Адыгэ мамлюкхэм я Iэтащхьэ езы Къеит-бей аргуэру тыркухэм ятокIуэ. Къеит-бей къыгурыIуэрт Уэсмэн къэралыгъуэшхуэм упэщIэт зэрымыхъужынур икIи мамырыгъэ зэрырищIылIэным щIэкъуу хуожьэ. Мамырыгъэ къращIылIэн папщIэ тыркухэм къыпаубыд Азие ЦIыкIум щыфIаубыда щIыналъэ псори иратыжын хуейуэ. ИкIэм-икIэжым адыгэ сулътIаным 1491 гъэм абыхэм яретыж Тарерэ Аданэрэ. Апхуэдэу еух епщыкIутхуанэ лIэщIыгъуэм и кIэм екIуэкIа тырку-мысыр зауэр. Еух зауэ хуэIухуэщIэхэмкIэ нэхъ къэрал къарууншэм бий нэхъ лъэрызехьэхэм удын лъэщхэр щридза зауэр. Къеит-бей лIа иужь, Къанщауэ Гъур къытемыувэ щIыкIэ, илъэситху иримыкъум унафэщIиплI зэрахъуэкI - ан-Насир Мухьэмэд, Къансыхъу аз-Захир, Джэмболэт ал-Iэшрэф икIи Тумэн-бей Адыл сымэ. А илъэсхэм Мысырым и сатур йохуэх. Мамлюкхэм къахуэнэжар зыт - Индием и муслъымэн унафэщIхэм елъэIунырт къеныкъуэкъу щымыIэу тенджыз Плъыжьым къыщызыкIухь португал кхъухьхэм ебэнынымкIэ къадэIэпыкъуну. ДэIэпыкъуныгъэ абыхэм ягъуэтакъым. ЗэгурымыIуэныгъэр тенджызым щеух. Суэц флот щаухуэн папщIэ къаша пхъэхэкIхэмкIэ венецианхэр мамлюкхэм къадоIэпыкъу. КхъухьыщIэхэм ярысу адыгэхэр Индием макIуэ икIи 1508 гъэм Бомбей и гъунэгъуу португалхэм удын гуащIэ щрадз. Зы илъэс дэкIа иужь, мамлюк тенджыз зауэлIхэм я Iуэхум зехъуэж. Абыхэм я флотыр Диу хытIыгум деж щызэтракъутэ. Къанщауэ Гъур 1501 гъэм сулътIан мэхъу. А зэманым абы илъэс 60 и ныбжьт. Зи унафэр къыIэрыхьа къэралым тхьэмыщкIагъэ ин ишэча пэтми, зэфIэкIышхуэ зиIэ цIыхум пIалъэ кIэщIкIэ хэкум зэIумыбзу илъ Iуэхухэр зэпкърех. Мысырым и финанс щытыкIэр ирегъэфIакIуэ. Унафэ зэрищIа илъэс 15-м къриубыдэу абы Каир кIэнауэ куэд щрегъэтI, еджапIэ-мэжджытрэ школрэ щрегъэухуэ. Адыгэ тхьэмадэм и щIыхькIэ школым «ал-Гъури» цIэр фIащ. Къанщауэ Гъур библиотекэ хьэлэмэт ар-Рамилэ деж щрегъэщI, Каир и Къалэжь хьэблэм щхьэл зыбжанэ къыщызэIуех. Зи ныбжьыр хэкIуэта сулътIаныр усакIуэхэм, макъамэр фIыуэ зылъагъухэм, музыкантхэм сыт щыгъуи яхуэжумартт. Адыгэ хэкум къикIыу ар Мысырым къыщыкIуам балигъ ныбжьым итти, и цIэ дыдэ Къанщауэ Гъурыр ихъуэжакъым. 1516 гъэм уэсмэнлыхэм мамлюкхэм я къэралым зауэ иращIылIэ. Езы сулътIаныр я пашэу мысырыдзэм СириемкIэ еунэтI, тырку зэрыпхъуакIуэхэм яхуэкIуэу. 1516 гъэм бадзэуэгъуэм и 24-м, Мэрдж-Дэбикъ деж, Хьэлэб и бещто лъэныкъуэмкIэ, ахэр щызэхуозэ. Тыркухэр бжыгъэкIэ адыгэхэм нэхърэ куэдкIэ нэхъыбэт, абы нэмыщI топ куэд яIэт. Бийм и къарур мамлюкхэм къалъытакъым. Къанщауэ Гъур яукI, и дзэри зэтракъутэ. 1517 гъэм щIышылэм и 22-м сулътIан Сэлим Шынагъуэр Каир дохьэ икIи мазэ бжыгъэ фIэкIа темыта иужьрей мамлюк сулътIан Iэшрэф Тумэн-бей и щхьэр пелъэ. Абдежым Мысырри Сириери Уэсмэн империем и блыгу щIохуэ. Моер Уильям «Мамлюкхэм я тхыдэм» къыщыхегъэщ: «Философие, политикэ и лъэныкъуэкIэ адыгэ мамлюкхэр лъэщт, апхуэдэу абыхэм Iэщэр дэгъуэу ягъабзэрт, шы тесынкIи IэкIуэлъакIуэт». Абы зэрыжиIэмкIэ, адыгэ мамлюкхэм къагъэнащ уэсмэн зэрыпхъуакIуэхэм зи инагъым, зи дэгъуагъэм, дахагъэм зыри ирамыщIэфа щэнхабзэ телъыджэм и фэеплъышхуэхэр». Мысырым и щхьэхуитыныгъэр трахами, уэсмэнлыхэм езы мамлюкхэр дунейм трахужакъым, атIэ илъэс 297-кIэ абыхэм къэралым щаIэ пщIэр яIыгъащ. А зэманым мамлюкхэр етIуанэу Iэтащхьэу щыщыта лъэхъэнэу мэув. Уэсмэн империем и щIыналъэхэм хабжати, Мысырым нэпцIу унафэ щызыщIыр тырку сулътIаным къигъэкIуа пэщэрт. Пэж дыдэу къэралым и мухьэфэзэ щIыналъэ псоми унафэр щызейр «бек» зыфIаща мамлюк эмирхэрт. Абыхэм щIыхэм я нэхъыфIхэр яIэщIэлът. Мухьэфэзэ къэс бек щхьэхуэ иIэжт, тыркухэр зыхуейр абыхэм къратырт. Сэлим сулътIаным уэркъ бейхэм я зэпеуэныгъэр наIуэу диIыгъырт. АрдыдэмкIэ абы «ахэр игуэшырт икIи унафэ яхуищIырт». Мызэ-мытIэу пэщэхэми, мамлюкхэми, бейгуэлхэми яку зэныкъуэкъуныгъэхэр къыдэхъуэрт. Уэсмэн Iэтащхьэм мурад гуэркIэ и зауэлIхэр игуэшырт, адыгэ мамлюкхэмрэ (къэссемитхэмрэ) тырку бейгуэлхэмрэ (фикэритхэмрэ) зэригъэныкъуэкъурт. Адыгэ мамлюкхэм я етIуанэрей хьэмтетыгъуэм теухуауэ гъэщIэгъуэн куэд итщ франджы еджагъэшхуэ Константин Франсуа Вольней и «1783, 1784, 1785 гъэхэм Сириемрэ Мысырымрэ къызэрыткIухьар» тхылъым. УрысыбзэкIэ ар зэрадзэкIри 1791 гъэм Мэзкуу къыщыдэкIащ. А тхыгъэм (еянэ Iыхьэ) уэсмэн зэрыпхъуакIуэхэм я бийуэ ирагъэкIуэкIа зэщIэхъееныгъэм и унафэм щIэту щыта адыгэ пэщэ Алий-бек (1728 - 1772) и гъащIэр къыщыгъэлъэгъуащ. Илъэс 22-рэ щыхъуам ар Мысырым и зы мухьэфэзэм и унафэщIт. Илъэс 13 дэкIа иужьщ адыгэлIыр аль-Бэлэд щихъ - адрей мухьэфэзэ псоми я унафэщI - щыхъуар. А гъэм абы «ал-Кэбир» («Телъыджэ») цIэ лъапIэу щIыхь ин зиIэр къыфIащ. Мазэ зыбжанэ докIри, Каир щыIэ тырку гарнизоныр зэтрекъутэри, къалэр къеубыд, итIанэ Аравиемрэ Сириемрэ мамлюкыдзэм я пашэу макIуэри текIуэныгъэ зыбжанэ къехь. Алий-бек Меккэ и хъалифу хах. Апхуэдэ щIыкIэкIэ Мысырыр Уэсмэн империем къыIэщIокIыжри зыми IэщIэмылъ къэрал аргуэру мэхъуж. Уэсмэнхэм я зэман хьэлъэхэми Мысырым щыщ бекхэм хуитыныгъэ нэс яIащ мамлюкыдзэр, армие псор гъэбыдэнымкIэ. А хуитыныгъэр абыхэм къагъэсэбэпащ: зауэлI ящIыну щIалэщIэ куэд Кавказым кърашащ, я нэхъыбэр адыгэхэу, абазэхэу е мингрелхэу. Абыхэм ящыщт илъэс 13 зи ныбжь абэзэхэ Исуф, Псыжь Iуфэ lyca Щоджэн Даут и къуэр. ИужькIэ ар мамлюк нэхъ цIэрыIуэ дыдэхэм яхыхьащ. Аращ Алий-бек ал-Кэбир зыфIищыжу лIыхъужьыгъэрэ акъылкIэ и цIэр жыжьэу зыгъэIуар. Ауэ ар гъащIэ кIэщIт. Алий-бек мамлюкитIым, Мурад-бекрэ Ибрэхьим-бекрэ, тепщэныгъэр зэдэзыгуэшахэм, зэрахъуэкI. Наполеон Каир къытеуэху а тIур Мысырым и унафэщIу щытащ. Мамлюкхэмрэ франджыхэмрэ щызэзэуащ 1791 гъэм мэкъуауэгъуэм и 21-м Нил адэкIэ, Эмбабэ деж, Джэзирэ пэмыжыжьэу. А зэхэуэр зи нэкIэ зылъэгъуа, адыгэхэм къахэкIа тхыдэтх Абдел-Рэхьман аль-Джэбэрти и «Биографие, тхыдэ гъэщIэгъуэнхэр» тхылъым щыжеIэ адыгэхэр шыщхьэмыгъазэу Наполеон и дзэм зэребгъэрыкIуар. МахуиплI нэхъ дэмыкIыу Наполеон Каир дохьэ икIи езым и тепщэ абы щегъэув. Ал-Джэбэрти щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, къыщIедзэ «зауэшхуэхэм, щхьэфэцыр зыгъэхъей къэхъукъащIэхэм, на­сыпыншагъэ шынагъуэхэм, хьэзаб шэчыным, къехуэкIыным, зэхэзэрыхьам, залымыгъэм, зэкIэлъымыкIуагъэм, зэхэкъутэныгъэм, кIэщIу жыпIэмэ зэхъуэкIыныгъэ инхэм» я лъэхъэнэм. ...Франджым и консулу Тифлис дэса Гальбэ 1824 гъэм генерал Вельяминовым письмо хуигъэхьащ. Консулым итхырт Бонапарт и «мысыр зекIуэр» зэфIэкIауэ Франджым къыщигъэзэжым, езым щIыгъуу мамлюк Хьэзешэ Алий къызэрыздишар. ИужькIэ илъэс 12-кIэ ар Фонтенебль быдапIэм Iуэхузехьэу щылэжьащ. ИужькIэ къызэрыщIэкIамкIэ, а мамлюкыр Псейкупс и Iуфэм щыпсэуа абэзэхэ унагъуэм щыщт. Илъэс 14-м иту ар гъэру яубыдри, Анапэ къашащ икIи тырку гуэрым иращэгъащ. ИужькIи тыркум Алий нэгъуэщI гуэрым ирищэжащ. Сытми, ныбжьыщIэр Мысырым къыщыхутащ икIи мамлюкхэм хагъэхьащ. И адэжь хэку къэкIуэжыну щIалэм мурад ищIащ икIи къилъыхъуэу хуежьащ и Iыхьлыхэр. ИтIанэ ар щIэупщIэрт мылъку гуэр къылъысыжынкIэ хъунуми. КъызэрыщIэкIамкIэ, жьы дыдэ хъуа и адэри, и адэ къуэшхэри псэут, нэгъуэщI и Iыхьлы гъунэгъухэри щыIэт. Ауэ, дэ дызэрыщыгъуазэмкIэ, абы и хэку къигъэзэжакъым. Сыт щхьэкIи къигъэзэжынт, Кавказым икIыу мыпхуэдэ жэуап Iэрыхьэжамэ: «Мылъку лей лъэпкъ диIэкъым, ди щхьэ зэрыдгъэпсэужын фIэкIа» - жиIэу. Апхуэдэ щIэщхъу Iейхэри адыгэ мамлюкхэм къащыщIырт. Адыгэ мамлюк сулътIанхэр, игъащIэ лъандэрэ къэгъуэгурыкIуэ адрей уэркъ псоми хуэдэу гъэпщылIакIуэу щыт пэтми, езы къэралым щыпсэухэм я деж абыхэм пщIэшхуэ щаIэт. ИлъэсиблкIэ Iэтащхьэу щыта Беркъукъуэ ас-Сэлихь Хьэжым тридза иужь, цIыхубэм псэлъафэу жаIэрт: «Беркъукъуэ и щыхьхэм я гъусэу кIуэжащ, Хьэжыр ивхэм я гъусэу къэкIуащ». НэгъуэщI зы щапхъи. Сэлим сулътIаныр Къанщауэ Гъур, итIанэ Тумэн-бей ятекIуа нэужь, етIуанэу зи цIэ къитIуар щхьэпылъэ щищIым, Каир щыпсэухэр къызэрыIэтат тырку зэрыпхъуакIуэхэм я къанлыгъэр ямыдэу. Къалэдэс къызэрыгуэкIхэм ягъэщIагъуэрт Тумэн-бей лIыгъэ хэлъу, и щхьэр зыкIи имыгъэщхъыу лIэныгъэр къызэрищтар. 1801 гъэм франджыхэм Мысырыр ябгынэ, абыхэм я пIэ къиува инджылызхэм, тыркухэм Мысырым щаIа тепщэгъуэр зэфIагъэувэж. Албанием щыщ Мухьэмэд Алий илъэситхукIэ бэнэныгъэ гуащIэ ядригъэкIуэкIащ адыгэ мамлюкхэмрэ тыркухэмрэ, текIуэныгъи къихьащ. Мамлюк бекхэр дикъузэ щыхъум инджылызыдзэм КаиркIэ иунэтIащ. ЛIыхъужьыгъэрэ цIыхугъэрэ зыдалъагъу адыгэхэм инджылызхэр яхуэарэзыт, иджыкIи ахэр хущIэкъурт Кавказым къикIа лIыпхъэхэм я щIэблэм бжьыпэр ирагъэубыдыжыну. АрщхьэкIэ, гъэпцIагъэ кIэлъызэрахьэри, инджылызхэр зэхакъутащ. Гъэр къащIахэр пщылIу ящэрт, Британием и зауэлI 450-м я щхьэхэр бжэгъухэм фIаIури Каир уэрамыщхьэхэм къытрагъэуват. Мамлюк бекхэм Мухьэмэд Алий иджыри ягъэлъэщатэкъым. Абыхэм я къарум, пщIэшхуэ зэраIэм абы пыIэгъуэ къритыртэкъым. Арати, Мухьэмэд Алий мурад ещI адыгэхэр хьилагъэкIэ зэтриукIэну. ФIыуэ илъагъу и къуэ Турсун-пэщэр Хъиджаз зэрыкIуэм и щIыхькIэ гуфIэгъуэ ефэ-ешхэ ищIу игъэIури, 1811 гъэм гъатхэпэм и 1-м адыгэ бек 500 къригъэблэгъащ. Абы щыгъуэми зыпхигъэIукIат дахэкIэ ягурыIуэн мурад иIэу. Мамлюкхэр арэзы хъури, Шэхъин-бек я пашэу, къеблэгъахэщ. Пэщэм дзэхэм я еплъыныгъэр иригъэкIуэкIа нэужь, адыгэ бекхэр, дэкIыпIэ зэвым дэтхэу, чэщанэм къыдэкIыжхэрт. ЗанщIэу гъущI куэбжэ хьэлъэхэр абыхэм я гупэмкIэ щызэхуащIыж икIи блын лъагитIым я зэхуаку бэнзэвым ахэр къыдонэ. ЦIыхуу 500-м щыщу псэууэ къэнар зы закъуэщ, адрейхэр къызэтраукIащ лъагэу къытес Iэрнэутхэм, Мухьэмэд Алий и цIыхухэм. А IуэхущIафэ шынагъуэм и хъыбарыр дуней псом щызэлъащIысат. Ягу къагъэкIыжырт урыс пащтыхь Пётр Езанэр, абы шабзауэхэр зэрызэтриукIар. Бонапарт Наполеон зауэшхуэ иригъэкIуэкIахэр игъэлъапIэу зи сурэтхэм къыщызыгъэлъэгъуа франджы сурэтыщI-баталист цIэрыIуэ Верне Орас а къэхъугъэр зэрекIуэкIар къызыфIигъэщIыжри, «Мамлюкхэр зэрызэтраукIар» сурэтыр ищIауэ щытащ. Тхыдэм теухуа романхэр иджырей хьэрып литературэм япэу къыхэзыхьа Зейдан Джорджи (1861- 1914) адыгэ мамлюкхэм ятритхыхьащ роман зыбжанэ - «Уэсмэнхэм тахътэр яубыд», «ГъэрыпIэм ихуа Мэхьди», «Мамлюкхэм я IуэхущIафэр», «Мамлюк щIэпхъуэжар» жыхуиIэхэр. Ардыдэм теухуащ Абу Хъадид Мухьэмэд 1926 гъэм къыдигъэкIа «Мамлюкым и пхъур», Дэлил Ибрэхьим «Амир Хъайдар» (1945) зыфIаща романхэр, Рамзи Ибрэхьим и «Мансурэм и лIыхъужьхэр» пьесэр (1915), нэгъуэщI тхыгъэ куэдхэри. Инджылыз еджагъэшхуэ Дж. Камерон къызэрибжамкIэ, Наполеон къытеуэн и пэкIэ Мысырым адыгэ мамлюк мин 40 исащ. Инджылызхэр щиIэпхъукIыжа 1803 гъэм къэралым мамлюкыу щыпсэужар мин 20 къудейщ. Бекхэр зэтраукIэу унагъуэ Iэджи Iисраф ящIа нэужь, мамлюк минитIым нэст къэнэжар. Мухьэмэд Алий и къуэрылъху Исмэхьил и тетыгъуэм ирихьэлIэу Урыс-Кавказ зауэр иухат. Псыжь Iусауэ хэкум иIэпхъукIахэм ящыщу адыгэ минищым Мысырыр екIуэлIапIэ ящI. Абыхэми псэууэ къэна мамлюкхэм къатехъукIыжа щIэблэми я цIэр фIыкIэ ягъэIуащ. Куэдым зратат дзэ къулыкъум, адрейхэм къахэкIащ «уей-уей» жезыгъэIэ еджагъэшхуэхэр, сурэтыщIхэр, архитекторхэр, тхакIуэхэр, егъэджакIуэхэр, артистхэр. «Мамлюкхэм я етIуанэ къэралыгъуэр къызэрыхъуар» лэжьыгъэм хьэрып тхыдэтх Хьэким Амин Абдел-Сайед мыпхуэдэу щетх: «Курыт лIэщIыгъуэхэм Мысырым иIа тхыдэм адыгэхэм увыпIэшхуэ щаубыд, ахэр я псэ емыблэжу Iуэхум зэрыхуэпэжым зэщIигъэстащ икIи зэщIиIэтащ XIX лIэщIыгъуэм и кIэухымрэ XX лIэщIыгъуэм и зэхуэдитIымрэ екIуэкIа хьэрып революцэхэр». А лъэхъэнэхэм Мысырым щыпсэуа адыгэхэм фIыуэ ялъагъу я хэкум апхуэдизкIэ пэмыIэщIэми, я лъэпкъ напэр ягъэпудакъым - щэнхабзэ, щIэныгъэрэ литературэкIэ, зауэ хуэIухуэщIэрэ къэрал зехьэнкIэ зэфIэкIышхуэ яIэу зыкъыщагъэлъэгъуа къэралым, хэку етIуанэ яхуэхъуам, и пщIэр лъагэу яIэту, хуэпэжу къулыкъу хуащIащ. Алий-бек ал-Кабир (1728 - 1772 гъгъ. - щыпсэуа илъэсхэр) Мысыр тхыдэтх цIэрыIуэ, адыгэлI Ибн-Ийас Хьэнэфий (1448 - 1524 гъгъ.) Мысырым щыщ адыгэ щIэныгъэлI, тхакIуэ цIэрыIуэ Ал-Макъдиси Хъалид (1416 - 1483 гъгъ.) Къеит-бей Сэфудин (1468 - 1496 гъгъ. - тепщэу щыщыта илъэсхэр) Къанщауэ Гъур (1501 - 1516 гъгъ. - тепщэу щыщыта илъэсхэр) Адыгэ мамлюк зауэлI. Сурэтыр 1799 гъэм ящIащ. ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "545.txt" }
КъэщIэрэщIэжыныгъэм и гъуэгукIэ Трубицин Сергей тренер нэхъыщхьэу зэрагъэуврэ дэкIа илъэсым «Спартак-Налшыкым» зэхъуэкIыныгъэфIхэр къыщыхъуащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщалъхуа, Совет Союзым футболымкIэ и япэ, етIуанэ лигэхэм ди командэм хэту 1979 - 1991 гъэхэм зэIущIэ 400-м щIигъу щезыгъэкIуэкIа IэщIагъэлI гумызагъэм гурэ псэкIэ зыхищIащ гупыр зыхуейр, абы и зыужьыныгъэр зэлъытар. Премьер-лигэм щыхэта 2006 - 2012 гъэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым топджэгум щыдихьэххэм IэфIу ягу къинэжами, ди республикэм футболым зыщиужьыным и лъэр зыкъомкIэ зэрыщIихари нэрылъагъущ. Гуп нэхъыщхьэм екIурэ-ещхьу хэтыфын папщIэ махуэ къэс сом мелуаным щIигъу илъэсихрэ ныкъуэкIэ зытекIуэда «Спартак-Налшыкым» ди щIыпIэм къыщалъхуарэ щагъэсауэ щыджэгуар мащIэ дыдэщ. НэгъуэщIуи ухэтыфыну къыщIэкIынутэкъым къэрал мылъкур къанэ щIагъуэ щымыIэу зэкIуалIэ «Газпром», «Роснефть», «ВТБ-Банк», «Башнефть», «Россеть» компание лъэщхэм, нэгъуэщI олигарххэм зи командэхэр «къыщызэдэзыгъажэу» зэштегъэупIэ ящIа урысей премьер-лигэм. ИпэжыпIэкIэ жыпIэмэ, «Синдика» корпорацэр зыIэщIэлъ Къанокъуэ Арсен а лъэхъэнэм ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и президенту ямыгъэувамэ, дэри футболышхуэр зэи зэрыдмылъагъунур хьэкът. Дауэ щытми, илъэсихрэ ныкъуэкIэ «Спартак-Налшыкыр» къэралым и гуп нэхъыщхьэм хъарзынэу хэтащ икIи дэрэжэгъуэ ин къыдитащ. Сыт и уасэт вагъуэ пщыкIутIыр щызэблэдза адыгэ ныпым и лъабжьэм «Синдика» псалъэр зыщIэтха фащэхэр ящыгъыу щIалэхэр утыку къыщихьэкIэ, я хьэрхуэрэгъухэр щыхагъащIэкIэ! Ар зэи гум имыхунщ. Апхуэдэу щыт пэтми, щIэх-щIэхыурэ уегупсысырт хамэ защIэкIэ зэхэгъэува щIыпIэ командэм къэкIуэну зэримыIэм. ГурыIуэгъуэт абы нобэ щыджэгухэр пщэдей ахъшэ нэхъыбэ къезытхэмкIэ зэребэкIыжынур икIи утыку дыкъызэрыранэнур. Утыку дыкъинэнут ди республикэм къыщалъхуа, щагъэса, пыщIэныгъэ гуэр хузиIэхэр «Спартак-Налшыкым» щIагъуэу зэрыбгъэдамыгъэхьэм къыхэкIыу. Пэжщ, Битокъу Тимур, Къудей Леонид, Джатэрывэ Къазбэч, Мэшыкъуэ Аслъэн, Къэжэр Назир, Гуэщокъуэ Арсен сымэ премьер-лигэм зэрыхэтам и фIыгъэкIэ къэрал псом къыщацIыхуащ. АрщхьэкIэ илъэсихым щIигъу лъэхъэнэм дежкIэ абыхэм я бжыгъэр мащIэ дыдэт. Урысей Федерацэм и гуп нэхъыщхьэм зэрыкIуам и фIыгъэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщызэIуаха футбол школ куэдхэм уэру къекIуалIэ сабий минхэм адэкIэ зыщаужьын, зыкъыщагъэлъэгъуэн щыIэтэкъым, республикэм и профессионал командэ закъуэр хамэхэм яубыдати. Премьер-лигэри, япэ дивизионри зэкIэлъхьэужьу зэман кIэщIым къриубыдэу ибгына иужькIи «Спартак-Налшыкым» нэхъыбэу хагъэхьар дыдымейхэращ. Абы и тренеру ягъэувхэм фIыкIэ зыкъагъэлъэгъуэн хуейти, тегъэщIапIэ ящIыр нэгъуэщI щIыпIэхэм къраш футболист хьэзырхэрт. Уеблэмэ, мылъкуи ямыIэжу, къалэни хуамыгъэувыжу щыщыта гъунэгъу илъэс зытхухми гупым нэхъыбэу кърашэлIар хамэхэращ, ахэр зэрагъэджэгум мылъку иращIу. Къыщыхъу щыIэт шэшэнрэ ингушу ди командэм хэтыр хэпщIыкIыу щынэхъыба, адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ нэхърэ. Абы щыгъуэми, ди щIалэхэр хамэ щIыпIэхэм щызэбгрыдзат. Илъэс ипэкIэ Трубицин Сергей тренер нэхъыщхьэу ягъэува иужькIэ «Спартак-Налшыкыр» къэщIэрэщIэжыныгъэм и гъуэгум теуващ. Абы тегъэщIапIэ ищIащ дыдейхэр икIи мыгъэрей зэхьэзэхуэм и кIэухым зэуэ ди щIалэщIипщI джэгупIэ губгъуэм щита щыIэщ. Аращ тэмэмри. Республикэм и командэ нэхъыщхьэр я плъапIэу щытыпхъэщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и футболист ныбжьыщIэхэм. Хуэм-хуэмурэ «Спартак-Налшыкым» хэкIыжащ нэгъуэщI щIыпIэ къикIахэм я нэхъыбэр. Пэжщ, ди щIалэхэми командэ нэхъыфIхэр къащыщIэупщIэм, заIэжьакъым. Ари захуагъэщ. Къапщтэмэ, гъатхэпэм мыгъэрей зэхьэзэхуэм щыщIидзэжым ирихьэлIэу «Спартак-Налшыкым» зэхъуэкIыныгъэ зыбжанэ къыщыхъуащ. НэгъуэщI командэхэм хыхьащ Иорданием щынэхъ лъэщхэм ящыщ «Аль-Ахьли»-м ирагъэблэгъа гупым и пашэ гъуащхьауэ Бажэ Амир, Курск и «Авангард»-м кIуа гъуащхьэхъумэныкъуэ Мэшыкъуэ Хьэчим, Псыхуабэ и «Мэшыкъуэ-КМВ»-м хаша Хьэгъур Къантемыр. Гъуащхьэхъумэхэу Аслъэныкъуэ Алан, Беришвили Раул, Власов Виталий, Эмексузян Григорий сыми я насып лъыхъуакIуэ ежьащ. Абыхэм я пIэкIэ ди республикэм и щIыхьыр урысейпсо утыкум щахъумэну «Спартак-Налшыкым» хэтхэм хагъэхьащ Армавир къикIыжа Мэкъуауэ Залым, Къэбэрдей-Балъкъэрым и футбол школхэм я гъэсэн щIалэщIэхэу Апажэ Чэрим, Гуэнгъэпщ Албэч, Iэщын Аслъэн, Дзэмыхь Дамир, Сындыку Темыркъан, Стригэ Артём, Краснодар и «Кубань»-м къраша Хьэшыр зэкъуэшхэу гъуащхьауэ Аланрэ гъуащхьэтет Темырланрэ. Ди командэм къыщыхъуа зэхъуэкIыныгъэфIхэм я хъер мыгувэу тлъэгъуащ: гъатхэпэм зыщIадзэжа зэхьэзэхуэм щрагъэкIуэкIа зэIущIэ пщыкIутIым ящыщу «Спартак-Налшыкыр» къыщыхагъэщIар зэ закъуэращ. Уеблэмэ, налшыкдэс ныбжьыщIэхэр къапикIуэтакъым япэ дивизионым кIуэну ерыщу хущIэкъу Краснодар и «Урожай»-мрэ Песчанокопскэм и «Чайка»-мрэ. ТIури зэрытемыгъэкIуауэ, 0:0-у, иухащ икIи пашэхэм очко тIурытI фIагъэкIуэдащ. А лъэхъэнэм къриубыдэу я хьэрхуэрэгъухэм топ пщыкIутху худагъэкIащ, езыхэм къыхудагъэкIар зэрыхъур хуэдищкIэ нэхъ мащIэщ. Илъэс ипэкIэ щыIа зэхьэзэхуэм елъытауи «Спартак-Налшыкым» зиужьащ. 2017 - 2018 гъэхэм зыхэта джэгугъуэ 32-м 11-рэ щытекIуамэ, иджырей зэIущIэ 28-м апхуэдиз дыдэ ехъулIэныгъэхэр иIащ. ПлIыкIэ нэхъ мащIэрэ губгъуэм къихьами, нэгъабэ зыIэрагъэхьа очко бжыгъэм къызэрыкIэрыхуар зыкIэщ. Абы щыгъуэми я хьэрхуэрэгъухэм топищкIэ нэхъыбэ (39-рэ) худагъэкIащ, къызэрыхагъэщIари апхуэдизкIэ нэхъ мащIэщ. Псом ящхьэращи, гупым хагъэхьа щIалэщIэхэр лъэ быдэкIэ утыку къихьащ икIи IэщIагъэлIхэм гу къылъатащ. ЖыпIэну ирикъунщ, Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым хэт щIыналъэхэм зэхьэзэхуэм иужькIэ ирагъэкIуэкI «Переправа» зэпеуэм щыджэгун папщIэ «Ипщэ» гупым и командэ къыхэхам ди щIалитху зэуэ зэрыраджар икIи КIэдыкIуей Хьэким, Лелюкаев Алан, Ашу Мурад, Белоусов Никитэ «Спартак-Налшыкым» и пщIэр лъагэу зэраIэтар. Етхуанэр илъэс пщыкIуий зи ныбжь гъуащхьэхъумэныкъуэ Iэпщацэ Маратт. АрщхьэкIэ а пIалъэ дыдэм Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ ныбжьыщIэ командэ къыхэхам ирагъэблэгъати, абы щыджэгуным нэхъ пщIэ иIэу къалъытэри, и гъэсакIуэхэм ар япэ ирагъэщащ. ИкIи щыуакъым. Мэкъуауэгъуэм и 4 -14-хэм Санкт-Петербург щекIуэкIа Гранаткин Валентин и цIэкIэ къызэрагъэпэща XXXI дунейпсо зэхьэзэхуэм Iэпщацэ Марат щыджэгуа Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ ныбжьыщIэ командэ къыхэхам хьэрхуэрэгъу къыхуэхъуат Ираным, Аргентинэм, Армением я гуп лъэщхэр. Ди лъахэгъум абыхэм фIы дыдэу зыкъыщигъэлъэгъуащ. Уеблэмэ, Iэпщацэм дигъэкIа топым и фIыгъэкIэ Армением и командэ къыхэхар хагъэщIащ. Ебланэ дакъикъэм абы и хьэрхуэрэгъум топыр къытрихащ икIи гъуащхьэхъумэхэм яIэщIэкIри, бжыгъэр къызэIуихащ. Шэч хэмылъу, Марат футболым щича лъэбакъуэщIэщ ар икIи абыи адрей ди щIалэщIэхэми, ехъулIэныгъэхэр яIэну ди гуапэщ. Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым 2018 - 2019 гъэхэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэр хуабжьу гуэщIащ. Уеблэмэ, абы щытекIуар иджыри къэс наIуэ хъущакъым: бжьыпэр зыубыда Песчанокопскэм и «Чайка»-мрэ абы ерыщу илъэс псокIэ еныкъуэкъуа Краснодар и «Урожай»-мрэ я зэпэщIэтыныгъэр топджэгу губгъуэм икIри, хабзэхъумэхэм я деж нэсащи. А тIур зэхуэфэщэн хьэрхуэрэгъуу къыщIэкIащ. «Ипщэ» гупым хэтхэм ящыщу песчанокопскэдэсхэр я стадионым щынэхъыфIащ икIи тIэу фIэкIа зэрытемыгъакIуэу адрей псоми очко щырыщ къыщахьащ. «Урожай»-м хуэдитIкIэ нэхъыбэ Краснодар щыфIэкIуэдащ. Абы щыгъуэми ар нэгъуэщI щIыпIэхэм щынэхъ лъэщащ икIи джэгугъуэ 14-м ящыщу 10-м щытекIуащ. «Спартак-Налшыкым» хэт щIалэщIэхэр я стадионым щыIэнкунащ. ИкIи ар гурыIуэгъуэщ - къеплъыну къэкIуа я ныбжьэгъухэм, благъэхэм, гъунэгъухэм я пащхьэм фIыуэ зыкъыщагъэлъэгъуну хущIэкъуурэ щыуагъэ зыбжанэ зэхьэзэхуэм и пэщIэдзэм яIэщIэкIащ. Абы и зэранкIэ тхуэнейрэ Налшык къыщыхагъэщIащ икIи зыIэрагъэхьэфыну щыта очко 42-м ящыщу къалъысар 19-щ. АрщхьэкIэ нэгъуэщI щIыпIэхэм щрагъэкъужащ. Абыхэм щрагъэкIуэкIа джэгугъуэ 14-м ящыщу 2 къудейм къыщытекIуауэ аращ. Я стадионми нэгъуэщI щIыпIэхэми нэхъ щыхуэмыхуар, дауи, кIэух увыпIэр зыубыда Дон Iус Ростов и «Академия»-ращ. И унэм абы къыщихьыфар очкоитI къудейщ. Ростовдэсхэм хуэмыхуагъкIэ къакIэлъокIуэ Нэзрэн и «Ангушт»-р. Ингушхэм къадэщIхэр я деж зэрыщагъэгуфIэфар зэ закъуэщ. Гуапэщ етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым гъуащхьауэхэм я зэпеуэм бжьыпэр зэрыщиубыдар Краснодар и «Урожай»-м и пашэ ди лъахэгъу Къалмыкъ Амур. Ар мы зэхьэзэхуэм пщыкIублрэ къыщыхэжаныкIащ. Абы зы топкIэ къыкIэрыхуащ «Чайка»-м и гъуащхьауэ Подбельцев Александр. «Спартак-Налшыкым» щыджэгу Мэшыкъуэ Ислъам ещанэ хъуащ, мы зэхьэзэхуэм топ пщыкIуз щыдигъэкIауэ. Урысей футболым и лъабжьэр щIэзылъэсыкIхэм ящыщщ зэхьэзэхуэхэм зэрыхэтын мылъку командэхэм ирикъуу зэрамыIэр. Мыгъэрей зэпеуэр и кIэм намыгъэсыфу хэкIыжащ Дон Iус Ростов щыIэ Понедельник Виктор и цIэр зезыхьэ академием и футболист ныбжьыщIэхэр. КIэух зэIущIэхэм абыхэм я хьэрхуэрэгъухэр 3:0-у къащытекIуауэ ятхащ. Хьэлэмэтращи, зэхуащIыжын ипэкIэ а командэр нэгъабэ и щэкIуэгъуэм мазэм иужьу Налшык щыджэгуати, 1:0-у ди щIалэхэм къефIэкIащ. ЕтIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым адэкIэ хэмытыжыфынур ростовдэсхэм я закъуэкъым. Абыхэм гъусэ яхуэхъуащ Нэзрэн и «Ангушт»-р. Ингушхэм жаIащ зэрыджэгум папщIэ футболистхэм ахъшэ щрат командэ дяпэкIэ зэрахуэмыгъэкъаруунур икIи къыкIэлъыкIуэ зэхьэзэхуэр езыхэм я фIэфIыныгъэкIэ ещанэ дивизионым къызэрыщыщIадзэнур. Дызыхэт гупым и пашэхэм ящыщ зыуэ щыта «IэфIыпс» командэри нэгъабэ зэрызэбграутIыпщыкIыжар къэплъытэмэ, Iуэхухэр щIагъуэкъым. «Спартак-Налшыкым» апхуэдэ шынагъуэр щхьэщыкIа хуэдэщ. Абы и унафэщIхэм зэрыжаIэмкIэ, ятелъа щIыхуэ псори япшыныжащ икIи къалэн пыухыкIахэр (къапщтэмэ, япэ дивизионым гъэзэжыныр) дяпэкIэ къыхуагъэувыну къыщIэкIынщ. ИтIанэ нэхъ утыку ихьэнт ди щIыпIэм къыщалъхуа, зыщызыгъэса щIалэщIэхэр икIи нэхъыбэм къацIыхунт. Зы мазэ хуэдиз дэкIмэ, Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым зи чэзу зэхьэзэхуэм щыщIидзэн хуейщ. ЗэкIэ наIуэкъым абы хэтыну псори. Къапщтэмэ, «Урожай»-м игъэIуащ щIыхуэм зэрыщIигъэнам папщIэ урысейпсо утыкум икIыжауэ, Краснодар крайм щекIуэкI чемпионатым хэт «Кубань»-мрэ абырэ зэхыхьэжыну. «Чайка»-мрэ «Черноморец»-мрэ къыхуащIыну унафэри зэкIэ наIуэкъым. НэгъуэщI хъыбархэри щыIэщ. Дапхуэдэу хъуми, и чэзум зэхьэзэхуэм щIадзэнущ. Мыгувэу абы зыхуэгъэхьэзырын ирагъэжьэнущ зэпеуэм хэтыну командэ псоми. Зыкъэужьыжыныгъэм и гъуэгум пищэну «Спартак-Налшыкри» мэпабгъэ. Ар абы къызэрехъулIэнум и щыхьэтщ гуп лъэщ къызэрыунэхур. Топджэгум куэд щызылъэгъуа икIи щызыхузэфIэкIа гъуащхьэтет икIи командэм и капитан Щоджэн Борис, гъуащхьэхъумэхэу Мэкъуауэ Залым, Тебэрды Тимур, Ольмезов Артур, гъуащхьауэхэу Мэшыкъуэ Ислъам, Бацэ Къантемыр, Машэжь Ратмир сымэ я Iэзагъым къыкъуэувэну хьэзырщ щIалэщIэхэм я жыджэрагъымрэ псынщIагъымрэ. Пэжщ, зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэри гупым къыщыхъунущ икIи къыхэжаныкIахэр командэфIхэм яшэнурэ абыхэм я пIэр ныбжьыщIэхэм яубыдынущ. Аращ зэрыщытын хуейри. Жыласэ Заурбэч.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "546.txt" }
Псыр ярикъуу ягъуэтын папщIэ Бахъсэн къалэ администрацэм и Iэтащхьэ Мамхэгъ Хьэчим иригъэкIуэкIащ и къуэдзэхэмрэ IуэхущIапIэм и къудамэхэм я унафэщIхэмрэ зыхэт ЗэзыгъэуIу советым и зэIущIэ. Абы щытепсэлъыхьащ къалэм псы къыщIэшыпIэу иджыри щы щыухуэным, апхуэдэу щIыпIэм псыщIэгъэлъадэр къанэ щымыIэу щызэфIэгъэувэжыным егъэщIылIауэ зэфIагъэкIыпхъэхэм. ЯпэщIыкIэ Бахъсэн и псы къыщIэшыпIэ псоми я щытыкIэр къапщытэнущ. Абы къыдэкIуэу къызэхуэсахэм къыхалъхьащ цIыхухэм хъыбар зэрырагъащIэ Iэмэпсымэхэр къагъэсэбэпу къалэдэс псоми зыхуагъэзэну: наIуэу зэрыщытщи, языныкъуэхэм мардэншэу псыр я хадэхэм насос лъэщхэмкIэ щIагъэхьэ, абы щыгъуэми, цIыхухэм зэфэнур къомэщIэкI. А щхьэусыгъуэм и зэранкIэ Бахъсэн и хьэблэ щхьэхуэхэм псы щаIэрымыхьэ куэдрэ къохъу. Гъэмахуэм и гуащIэгъуэ зэманым мы Iуэхур нэхъ ткIийуэ къызэрыувым шэч хэлъкъым. Цекъу ПIатI.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "547.txt" }
Зэи ящымыгъупщэну махуэщ Прохладнэ районым и полицейхэр хэтащ «Фэеплъ шэху уэздыгъэ» урысейпсо Iуэхум. Фэеплъымрэ щыгъуэмрэ я махуэм теухуа пэкIур щекIуэкIащ Дальний посёлкэм. Абы хэтащ Урысей МВД-м и «Прохладненский» къудамэм и Жылагъуэ советым и лIыкIуэхэу Клюй Андрей, Головко Анатолий, ветеран зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Савинов Александр, къудамэм и юрист Шрамковэ Марие, посёлкэм щыпсэухэр. Къызэхуэсхэм ягу къагъэкIыжащ 1941 гъэм къэхъуа гузэвэгъуэшхуэр, Хэкур яхъумэу хэкIуэда я лъахэгъухэр. - 1941 гъэм мэкъуауэгъуэм и 22-р - Урысейм и тхыдэм нэхъ гузэвэгъуэшхуэу къыхэнахэм ящыщщ. Ар Фэеплъымрэ щыгъуэмрэ я махуэщ - Хэку зауэшхуэр къыщыхъея махуэщ. Нобэ дигу къыдогъэкIыж хэкIуэдахэр, фашистхэм яубыдахэр, лэжьыгъэ хьэлъэмрэ мэжэщIалIагъэмрэ ихьахэр, - къыхигъэщащ Головко Анатолий къыщыпсалъэм. ДакъикъэкIэ щымри, пэкIум хэтахэм Хэку зауэшхуэм и лIыхъужьхэм я фэеплъым деж удз гъэгъахэр щагъэтIылъащ. КъБР-м щыIэ МВД-м и пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "548.txt" }
Дунейм щыхъыбархэр Баллищэ къэзыхьахэм къахохъуэ УФ-м и курыт еджапIэхэм щекIуэкI къэрал къэпщытэныгъэхэр и кIэм нэблэгъащ. Мы гъэм ЕГЭ-р накъыгъэм и 27-м къыщыщIэдзауэ бадзэуэгъуэм и 1-хэм къриубыдэнущ. Иджыри зэхалъхьэжакъым къэпщытэныгъэ псоми кърикIуахэр. А бжыгъэхэм я пэжыпIэр наIуэ къыщыхъунур зы тхьэмахуэ хуэдэ дэкIмэщ, ауэ хэIущIыIу хъуахэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, узыщыгуфIыкIын куэд кърикIуащ мыгъэрей экзаменхэм. Псалъэм папщIэ, а Iуэхур нэхъ шэщIауэ щрагъэкIуэкIащ къэралым - цIыхухэр а щIэныгъэ къэпщытэкIэм нэхъ есауэ арами, еджэным нэхъ зратауэ арами тхьэм ещIэ. Нэхъыщхьэращи, щIэныгъэфI къэзыгъэлъэгъуа щIалэгъуалэм я бжыгъэм хэхъуащ. ЭкзамениплIми дэтхэнэми баллищэ къыщызыхьахэр куэд хъуркъым - цIыхуитI къудейщ. Ахэр Екатеринбург щыщ Пределинэ Анастасиерэ Тулэ щыпсэу Дрябин Даниилрэщ. НыбжьыщIэхэм урысыбзэмкIэ, математикэмкIэ, информатикэмрэ физикэмкIэ экзаменхэр ятати, дэтхэнэ зымкIи баллищэ къахьащ. Илъэс кIуам балл 400-м нэсыфар зы закъуэт - Москва дэт 179-нэ курыт школыр къэзыуха Салимгареев Руслант. УФ-м Егъэджэныгъэ IэнатIэм кIэлъыплъынымкIэ и федеральнэ къулыкъущIапIэм къызэритамкIэ, баллищэ къызэрахьа лэжьыгъэхэр нэгъабэрейм елъытауэ мы гъэм 557-кIэ нэхъыбэщ - апхуэдэхэр 6.729-рэ мэхъу. НыбжьыщIэ 30-м балл 300 къахьащ. Ди гуапэ зэрыхъунщи, ди республикэм щыщ ныбжьыщIэхэри яхэтщ къыхаха предметхэмкIэ баллищэ къэзыхьахэр. Шэч хэмылъу, узэрыгушхуэнщ апхуэдэ щIалэгъуалэ къэралми республикэми къызэрихъуэр икIи еджэным гулъытэ нэхъыбэ хуащI зэрыхъуар - хэкур зыщыгугъыр щIэныгъэфI зыбгъэдэлъ, гъэсэныгъэ дахэ зыхэлъ иджырей щIалэгъуалэрщ. Хэт зи фейдэ хэлъыр? Тбилиси къыщыхъуа къаугъэм Куржымрэ УФ-мрэ я зэхущытыкIэхэр аргуэру зэIигъэхьэнкIэ хъунущ. Тбилиси мэкъуауэгъуэм и 20-м къыщызэIуахат чыристан диныр зезыхьэхэр щынэхъыбэ къэралхэм я парламент ассамблеем (МАП) и 26-нэ и зэхуэсышхуэр. Фигу къэдгъэкIыжынщи, ассамблеер 1994 гъэм къызэрагъэпэщауэ щытащ Алыджым и политикхэм я жэрдэмкIэ. Илъэс къэс зэ зэхуос а зэгухьэныгъэм и унафэщIхэр икIи зэрыт диным теухуауэ къэралхэм щыIэ щытыкIэхэм топсэлъыхь, абыхэм щыпсэухэм я Iуэху зыIутым щыгъуазэ защI. Зи чэзу зэIущIэр Куржым и парламентым и унэм щызэхуэсыну траухуати, ягъэнэIуа пIалъэм хьэщIэхэр абы къекIуэлIащ. Къаугъэр къызэрыкIари гурыIуэгъуащэкъым. ЗэIущIэр иригъэкIуэкIыну зи пщэ иралъхьар УФ-м и лIыкIуэхэм я унафэщI, Къэрал Думэм и депутат Гаврилов Сергейт. Ар Куржым и парламентым и унафэщIым и шэнтжьейм итIысхьэри, хьэщIагъэ къызэрырахам папщIэ къызэгъэпэщакIуэхэм фIыщIэ яхуищIыну хунэса къудейщ - абы и къэпсэлъэныгъэр къызэпаудащ «Европэм хэт Куржы» оппозицэ партым щыщхэм. Ахэр къилъащ, я парламентым и унафэщIым и шэнтжьейм урысей лIыкIуэ зэрисыр ягу темыхуэу икIи «урысей зэрыпхъуакIуэхэм ебэныныр» я щхьэусыгъуэу, ахэр трибунэм дэкIуеину хущIэкъуащ. Хабзэхъумэхэм ахэр зэтрауIэфIэжыну яужь итыхукIэ, пэшым къыщIэзэрыгуащ бжэIупэм щызэрызехьэу хуежьахэм ящыщхэри. Iуэхур нэхъ куу щыхъум, Урысейм щыщ лIыкIуэхэр пэшым къыщIашыжащ шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыныр зи къалэнхэм. А махуэм къызэрыIэтахэм парламентым и гупэ утыкум деж урысей ныпыр щагъэсащ, «Урысейр зэрыпхъуакIуэщ!» жаIэу кIийуэрэ. Абыхэм япэщIэувахэми езыхэми фIы щIахакъым - фэбжь хьэлъэ зытехуахэр мымащIэу яхэтщ, Iуэхум полицэри хэмыхьэу хъуакъым икIи зэщIэгъэстакIуэхэм ящыщхэр яубыдащ. Къэхъуахэм яужькIэ МАП-м зэбгригъэха тхыгъэм къыщыгъэлъэгъуащ Куржым и Парламентым и депутат гупым ялэжьар хабзэншагъэу къызэралъытэм, ахэр зэрагъэкъуаншэм теухуа тхыгъэ. Тбилиси и утыкухэм щытыкIэр щызэтеувэжами, къызэрызэщIэгъэплъа цIыхухэр сабырыжами, ди къэралымрэ Куржымрэ а къэхъуам я фейдэ зэрыхэмылъыр гурыIуэгъуэщ. Иужьрей зэманым УФ-м щыщ цIыху куэдым зыщагъэпсэхурт Куржым. Шэч хэмылъу, апхуэдэ гукъыдэж зыщIхэм я бжыгъэм занщIэу кIэрыхуащ. КъимыдэкIэ, иужьрей зэманым УФ-м щыщхэм хьэрычэт Iуэхухэри щалэжьу хуежьат Тбилиси, Батуми къалэхэм. Илъэс кIуам къата бжыгъэхэм къызэрагъэлъэгъуащи, ди цIыхухэм а къэралым унэ 17106-рэ къыщащэхуат, ди хэкуэгъу мелуанрэ мин 200-м щIигъуми зыщагъэпсэхуат. Иджы зэман мымащIэ хуей хъуну къыщIэкIынущ нэхъ зэтеувэжу хуежьауэ щыта ди зэпыщIэныгъэхэр гъэтэмэмыжыным. Нобэ ♦Наркоманиемрэ наркотикхэр щэнымрэ ебэныным и дунейпсо махуэщ ♦Залымыгъэ зыкIэлъызэрахьахэм къащхьэщыжыным и дунейпсо махуэщ ♦Беларусь, Туркменистан республикэхэм я прокуратурэхэм я лэжьакIуэхэм я махуэщ ♦Азербайджаным IэщэкIэ зэщIэузэда и къарухэм я махуэщ ♦1920 гъэм Налшык и Затишье хьэблэм япэ санаторэ къыщызэIуахащ. ♦1938 гъэм КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и депутатхэр япэу хахащ. ♦1940 гъэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым унафэ ищIащ къэралым и цIыхухэр махуэм сыхьэтийкIэ, тхьэмахуэм къриубыдэу махуихкIэ лэжьэн зэрыхуейм, абы нэмыщI, дакъикъэ 21-рэ нэхърэ нэхъыбэкIэ лэжьапIэм къыкIэрыхуар уголовнэ жэуапым зэрырашэлIэнум теухуауэ. ЕтIуанэ дунейпсо зауэр зэрекIуэкIыр къалъытэу, ди къэралми щытыкIэ ткIий щигъэувауэт ар къызэрыбгурыIуэ хъунур. ♦1941 гъэм Гастеллэ Николай къраудых и кхъухьлъатэр хуиунэтIащ бийм и машинэ, танк куэд щызэхэт щIыпIэм. Хахуагъэ къигъэлъагъуэу, фэшистхэми хэщIыныгъэшхуэ ириту хэкIуэда Гастеллэ «Совет Союзым и ЛIыхъужь» цIэр хуагъэфэщауэ щытащ. ♦1945 гъэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым унафэ къищтащ Совет Союзым и Генералиссимус цIэр гъэувыным теухуауэ. Ар зэ закъуэщ зэрыфIащар - 1945 гъэм мэкъуауэгъуэм и 27-м хуагъэфэщауэ щытащ Сталин Иосиф. ♦1945 гъэм Сан-Францискэ щекIуэкIа конференцым къэрал 50-м я лIыкIуэхэр кърихьэлIэу Iэ щытрадзащ лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм и Уставым. ♦1954 гъэм СССР-м и Калужскэ областым хыхьэ Обнинскэ къуажэм дунейм щыяпэу щаутIыпщащ атомкIэ лажьэ электростанц. ♦1974 гъэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым унафэ ищIащ Минск «Къалэ-ЛIыхъужь» цIэр фIэщыным теухуауэ. ♦2002 гъэм Урысей Федерацэм япэу щатащ КинематографиемкIэ Лъэпкъ академием и «Золотой орёл» саугъэтыр. ♦1938 гъэм къалъхуащ режиссёр, КъШР-м и цIыхубэ тхакIуэ Абдокъуэ Маталио. ♦1925 гъэм къалъхуащ совет кхъухьлъатэзехуэ-космонавт, Совет Союзым и ЛIыхъужь Беляев Павел. ♦1927 гъэм къалъхуащ кинорежиссёр, ди къэралым щынэхъ цIэрыIуэ дыдэхэм ящыщ «Белое солнце пустыни» фильмыр тезыха, УФ-м и цIыхубэ артист, Урысейм и Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща Мотыль Владимир. ♦1944 гъэм къалъхуащ совет, урысей къэрал лэжьакIуэ, УФ-м и Компартым и унафэщI Зюганов Геннадий. ♦1968 гъэм къалъхуащ Италием щыщ футболист цIэрыIуэ, къэралым и гуп къыхэхамрэ «Милан» командэмрэ илъэс куэд хъуауэ я капитан Мальдини Паолэ. ♦1966 гъэм къалъхуащ «Черкес хэку» газетым и лэжьакIуэ Туаршы Иринэ. ♦1990 гъэм къалъхуащ «Адыгэ псалъэ» газетым и корреспондент Багъэтыр Луизэ. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 29 - 31-рэ, жэщым градус 19 - 21- щыхъунущ. Лъэпкъ Iущыгъэ: Дзэм иуфэкъа лъахэрэ мацIэр зыпхыкIа хадэрэ. Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "549.txt" }
Зы щIыгум и бынхэр Усыгъэхэр 2019 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и илъэсыр Къэрэшей-Шэрджэсым, КъШР-м и илъэсыр ди республикэм щагъэлъэпIэну иджыблагъэ зэгурыIуэныгъэ зэращIылIащ щIыналъэ Iэтащхьэхэм. А Iуэхугъуэм дыпежьэу дыхуейт ди къуэш балъкъэр лъэпкъым щыщ усакIуэхэм я IэдакъэщIэкI курыххэм ящыщу адыгэбзэм кърагъэзэгъахэм нэIуасэ фахуэтщIыну. Мы усэхэм еджэ дэтхэнэми гурыIуэгъуэ щыхъунущ ди республикэхэм я лъэпкъ нэхъыщхьитIыр я бзэкIэ зэтемыхуэми, я хабзэмрэ щэнхабзэмкIэ зэрызэгъунэгъур, абыхэм яку дэлъ зэхущытыкIэхэр зэрыдахэр. Зым и щIыхьым адрейм пщIэ хуищIыныр зэгурыIуэныгъэм и къежьапIэщ. Литературэм и къарур инщ, абы куэд хузэфIокI. Абы и къалэнщ дахагъэм, гуапагъэм, фIым хуэлэжьэныр, цIыхум и акъылыр псыхьыныр, щытыкIэ зэмылIэужьыгъуэхэм хуэхьэзыр щIыныр, нэгъуэщIхэри. Лъэпкъыр бей зыщIыр и блэкIамрэ и цIыхухэмрэщ. УсакIуэфIхэмкIэ къулей балъкъэр лъэпкъым и поэзием щыщ IыхьэфI ди гуапэу фи пащхьэ идолъхьэ. Щомахуэ Залинэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "55.txt" }
Япэ адыгэ Олимп чемпион Илъэс минитIым щIигъуащ олимп зэпеуэхэр къызэрежьэрэ. ПIалъэ гуэрым ар зэпагъэуауэ щытами, тхыдэм къыхэтэджыкIыжащ икIи дунейм къытехъуа зэхьэзэхуэ нэхъ удэзыхьэххэм я деж жьантIэр щиIыгъщ. ДиIащ, диIэщ икIи диIэнущ абы адыгэ лъэпкъыр щызыIэта щIалэ ахъырзэманхэр. Апхуэдэхэм я лъагъуэхэш хъуащ Тыркум щыпсэуа ди лъэпкъэгъу Догу (ГъукIэ) Яшар. Илъэсищэм щIигъукIэ екIуэкIа Урыс-Кавказ зауэжьым дунейм тригъэкIуэдыкIыжа, тенджыз ФIыцIэм и Iуфэм щыпсэуа убыххэм я щIэблэщ Догу Яшар. Ар къызыхэкIар ГъукIэхэщ икIи 1913 гъэм Тыркум и Самсун къалэм пэмыжыжьэ Къарэ-Эмир адыгэ къуажэ цIыкIум къыщалъхуащ. Яшар и адэжь пагэхэм Кавказыр ябгынат я Хэкур гущIэгъуншэу къэзызэуа урыс пащтыхьым я щхьэр хуамыгъэтIылъын папщIэ. ЯлъэкI къагъэнакъым абыхэм зыхэхуа тыркухэми яхэмышыпсыхьын щхьэкIэ. Абы щыгъуэми, адрей адыгэ мухьэжырхэми хуэдэу, я къаруи зэфIэкIи щысхьакъым кIуэдыжыгъуэ щихуам зэзышэлIа къэралым и пщIэр яIэтын, ар ягъэбыдэн папщIэ. Ахэр зауэлI хахуэхэт, политик Iущхэт, ухуакIуэхэт, щIэныгъэлIхэт, щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ ипэкIэ зыгъэкIуатэхэт. Ахэр икIи спортсмен лъэрызехьэхэт. Нобэ зи гугъу фхуэтщIынур адыгэхэм къахэкIауэ япэ дыдэу Олимп чемпион хъуа Догу (ГъукIэ) Яшарщ. Абы и цIэр Хэкужьми, Тыркуми, хамэ къэралхэми хуабжьу пщIэ лъагэ щызиIэщ. Ар ящыщщ тыркухэр спорт бэнэкIэмкIэ дунейпсо утыку изышахэм, япэ ехъулIэныгъэ инхэр къахуэзыхьахэм. И ныбжьыр илъэс пщыкIутхум иту Яшар бэнэныр IэщIагъэ хуэхъуащ. Дзэм хыхьа иужькIэ, нэхъ IэмалыфIхэр иIэ хъуащ утыкушхуэхэм зыкъыщигъэлъэгъуэну. Ар алыдж-урым бэнэкIэми бэнэкIи хуитми хэтт, ауэ нэхъ ехъулIэныгъэфIхэр щызригъэгъуэтар иужьращ. 1989 гъэм щыщIэдзауэ Тыркум и командэ къыхэхам хэтащ. ЕтIуанэ дунейпсо зауэм щIидзэным и пэ къыхуэу Яшар и цIэр алыдж-урым бэнэкIэмкIэ Iуащ. Норвегием и къалащхьэ Ослэ щекIуэкIа Европэм и чемпионатым килограмм 66-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм абы дыжьын медалыр къыщихьащ. ИужькIэ Балкан джэгухэми 1940, 1942 гъэхэм щытекIуащ. Зауэ нэужь лъэхъэнэращ Догу (ГъукIэ) Яшар и зэфIэкI лъагэр наIуэ щыхъупар. 1946 гъэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ Европэм и чемпионатым аргуэру дыжьын медалыр къыщихьащ. Махуэ зыбжанэ нэхъ дэмыкIыу апхуэдэ дыдэ зэхьэзэхуэм Швецием и къалащхьэ Стокгольм дыщэр щызыIэригъэхьащ. Иджы бэнэкIэ хуитымкIэ. Килограмм 73-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм убых щIалэм къыщыпэлъэщын къыхэкIакъым. КъыкIэлъыкIуэ илъэсым Яшар аргуэру Европэм и чемпион хъуащ. Иджы ар абы къыщехъулIащ алыдж-урым бэнэкIэм. Чехословакием и къалащхьэм къикIыжащ дыщэ медалыр пщIэхэлъу. Догу (ГъукIэ) Яшар куэдрэ хэтт, щыпсэу Тыркум къищынэмыщIауэ, Ираным, Индием, Данием, Швецием, Польшэм, Италием нэгъуэщI щIыпIэхэм къыщызэрагъэпэщ дунейпсо зэпеуэ инхэм. ИкIи къыщыхъу щIагъуэ щыIэтэкъым текIуэныгъэхэр щызыIэримыгъэхьэ. Ауэ абы и вагъуэр нэр щIисыкIыу къыщыблар иужькIэщ. 1948 гъэм Великобританием и къалащхьэ Лондон щекIуэкIа XIV Гъэмахуэ Олимп джэгухэм япэ ехъулIэныгъэ ин щаIащ тыркухэм. Ар зи фIыгъэр абыхэм я командэ къыхэхам хэту бэна Догу (ГъукIэ) Яшарщ. Зэи къэмыхъуауэ, адыгэ Олимп чемпион дунейм къытехутащ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, абы щыгъуазэр мащIэт, Тыркум щыпсэу хэхэсхэм къызыхэкIа лъэпкъыр ябзыщIын хуей хъурти. Псоми зэреджэр тыркут. Европэм и чемпиону Олимпиадэм кIуами, Догу (ГъукIэ) Яшар куэдым кърадзащэртэкъым. Къащыхъуат зэрымыщIэкIэ и насып нэхъапэм къикIауэ. Абы щыгъуэми ар зыхэт бэнэкIэ хуитымкIэ килограмм 73-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм спортсмен гъуэзэджэ куэд щызэтрихьат, дэтхэнэми дыщэр хуагъэфащэу. Япэ дыдэ зэIущIэм Америкэм и Штат Зэгуэтхэм къикIа Мерил зэрыхигъэщIам гу лъызытар мащIэщ. АдэкIэ къыпэщIэувари нэхъ лъэщыж швед Фределт. Хухаха зэманыр имыух щIыкIэ ар къабзэу щытридзэм, итIанэ ягъэщIагъуэу щIадзащ Яшар и зэфIэкI лъагэр. Къапщтэмэ, Великобританием къыщыдэкI «Миррор» газет цIэрыIуэм абы иужькIэ итхащ: «Мы тырку щIалэр Лондон къыщIэкIуар дыщэрауэ фэ тетщ!» Ар икIи пэжт. КъикIуэтрэ шынэрэ зымыщIэ Догу (ГъукIэ) Яшар чемпионыгъэм хуэпабгъэт. Абы текIуэныгъэ дахитху Лондон къыщихьащ икIи, и хьэрхуэрэгъу лъэщ псори иригъэкIуэтэкIри, Олимп щыгум къыщыхутащ. Нэхъ гугъу дыдэ кIэух зэIущIэм Яшар къыщыпэщIэтащ техникэ гъуэзэджэ зиIэ икIи къарууфIэ Геррард, Австралие жыжьэм къикIар. Хьэрхуэрэгъур сакът икIи IэкIуэлъакIуэт. Ар икIи бзаджэт – пэплъэрт Догу Яшар щыбэлэрыгъынум. Адыгэ щIалэр зэрытеплъэкъукIыу, занщIэу тридзэри, къыщхьэщытIысхьэжащ, къабзэу хигъэщIэн папщIэ. Мис абдежым Яшар и къэмылэнджагъэр наIуэ хъуащ: щхьэпхэтIыгур алэрыбгъум щIигъакъуэщ, и бгыр къытриIэтыкIри, «лъэмыжу» уващ. ДакъикъитIым нэблагъэкIэ австралийцыр хущIэкъуащ ар хигуэну. Инджылызхэр нэхъыбэу зыдэщI Геррард цIэрыIуэр зэрытекIуэнур къахуэмыгъэсу зэпэщIэтыныгъэм кIэлъыплъхэр зэрызехьэрт. АрщхьэкIэ ахэр щыуащ. НапIэзыпIэм и лъакъуэр щIигъакъуэщ, и плIэр игъазэри Яшар щытыкIэ гугъум къикIащ. Бэнэныгъэр зэрекIуэкIым кIэлъыплъхэр зэщIэщымащ. Зэхьэрхуэрэгъухэр аргуэру зэпэщIэувэжащ. Балл бжыгъэкIэ хагъащIэми, Догу (ГъукIэ) Яшар тегушхуэныгъэм зэщIищтащ, щытыкIэ гугъум къызэрикIыфам папщIэ. Геррард Iэнкунщ. ЗэIущIэм пащэну судьям хуит зэрищIу, адыгэ щIалэм и хьэрхуэрэгъур ипхъуатэри, тридзащ. Ар, игъэкIэрахъуэурэ, япэ ищащ. Къабзэу тридзэну абы къару иIэжтэкъым. АрщхьэкIэ, псом ящхьэр текIуэныгъэрат. Догу (ГъукIэ) Яшар ар зыIэригъэхьэри, адыгэхэм ящыщу япэу Олимп чемпион хъуащ! Апхуэдэ ехъулIэныгъэхэр зи щIэщы­гъуэ тыркухэми я бэнакIуэр уафэм нэс драхьеинут. Абдежми къыщыувыIакъым Яшар. КъыкIэлъыкIуэ махуэм ар хэтащ алыдж-урым бэнэкIэмкIэ зэхьэзэхуэм. Абы саугъэт лъапIэхэр къыщимыхьами, гуп зэпеуэм тыркухэр япэ щизыгъэщын балл зыбжанэ зыIэригъэхьащ. КъыкIэлъыкIуэ текIуэныгъэ инми Догу (ГъукIэ) Яшар къыдэщIхэр куэдрэ пигъэплъакъым. 1949 гъэм Истамбыл щыкIуэкIа Европэм и чемпионатым ар щытепщащ. Илъэсищ ипэкIэ адыгэ щIалэр апхуэдэ зэхьэзэхуэм щытекIуати, ар щигъэбыдэжын хуейт. Олимп чемпион зэрыхъуам апхуэдэ къалэн ин къыхуигъэувырт. Iуэхур гугъу ищIырт Европэм и чемпионатыр я деж зэрыщекIуэкIым икIи трагъэгушхуэн папщIэ цIыху минхэр и пащхьэм зэрыщызэрызехьэр. Ахэр текIуэныгъэ фIэкIа зыри хуейтэкъым. Ар щымыIэмэ, апхуэдизу иджыри къэс яIэтар щIым щыщ ящIыжыфынут. Догу (ГъукIэ) Яшар зыхэт килограмм 79-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм бэнакIуэ тIощIым щIигъу кърихьэлIат. Дэтхэнэми дыщэ медалыр хуэфащэу къилъытэрт икIи ар зыIэригъэхьэн папщIэ и фэм къипщынут. Псоми я хъуэпсапIэт Олимп чемпионыр хагъэщIэну. АрщхьэкIэ Яшар абыхэм апхуэдэ Iэмал яритын дэнэ къэна, гугъэ къудеи яригъэщIакъым. Адыгэ щIалэр тхуэнейрэ утыку къихьати, тхуэми къыпэлъэщын къыкъуэкIакъым. Абы иужькIэ Догу (ГъукIэ) Яшар къыфIащащ «Бэнэным и тхьэ» цIэ лъапIэр. НэгъуэщI текIуэныгъэ инхэри иIащ ди лъэпкъэгъум. АрщхьэкIэ, 1951 гъэм Хельсинки (Финляндие) бэнэкIэ хуитымкIэ щекIуэкIа зэхьэзэхуэм килограмм 87-м нэс зи хьэлъагъхэм я деж дуней псом и чемпион щыхъуа иужькIэ, спортым хэкIыжыну мурад ищIащ. Абы къыщыпхуэхьыну псори зыIэрызыгъэхьа щIалэм адэкIэ хьэлэмэтагъ иIэжтэкъым зэпеуэхэм хэтыну. Ар иджы Тыркуми, Балкан джэгухэми, Европэми, ЩIы хъурейми, Олимп джэгухэми я чемпионт. И ныбжьри илъэс 38-м щIигъуати, зигъэпсэхуну, зи щIалэгъуэхэм гъуэгу яритыну и чэзут. АрщхьэкIэ алэрыбгъур ибгынакъым Догу (ГъукIэ) Яшар. Тыркум и командэ къыхэхам и тренер нэхъыщхьэу лэжьащ, чемпионхэр игъасэу. 1961гъэм и пэщIэдзэм инфаркт етIуанэу къеуэри, дунейм ехыжащ. Ар щащыгъупщэркъым зи щIыхьыр лъагэу дунейпсо утыкуи щиIэта, Тыркуми къызытехъукIыжахэр щыпсэуа Хэкужьми. Яшар и фэеплъ сынхэр щагъэуващ Истамбыли щалъхуа щIыпIэми. И хьэдэр щыщIалъхьа Къалаллахь къалэ цIыкIум абы и цIэкIэ илъэс къэс щрагъэкIуэкI зэхьэзэхуэ инхэм и саугъэтхэм щыщIобэн дуней псом и бэнакIуэ нэхъыфIхэр. Зылъэгъуахэмрэ зыцIыхуахэмрэ нобэми ягу къа­гъэкIыж Догу (ГъукIэ) Яшар цIыху телъыджэу, спортсмен гъуэзэджэу зэрыщытар. Зэхьэзэхуэхэм абы Iэмал щIэщыгъуэ, зыпэмыплъа куэд къыщигъэлъагъуэрт, къарууфIэт. ЗыщихъумэжкIи щебгъэрыкIуэкIи Яшар хуэбгъэдэфынур мащIэ дыдэт. А псом ищIыIужкIэ хабзэрэ нэмысрэ зыхэлът икIи и хьэрхуэрэгъухэм хьэрэмыгъэ гуэр щакIэлъызэрихьа зэи къэхъуакъым. Апхуэдэ бэнэкIэмрэ дуней тетыкIэмрэщ зыщIипIыкIар и гъэсэнхэри. ИкIи тырку бэнакIуэхэм я иджырей ехъулIэныгъэхэми абы и IыхьэфI хэлъщ. Великобританием и къалащхьэ Лондон 1948 гъэм щекIуэкIа XIV Гъэмахуэ Олимп джэгухэм дыщэ медалхэр къыщызыхьа Догу (ГъукIэ) Яшар хиша лъагъуэ дахэм иужькIэ ирикIуащ Тыркур зи хэщIапIэ хъуа адыгэ бэнакIуэ щIалэхэу Къаплъэн (Ущхъуэ) Хьэмидрэ (1956 гъэ) Аталай (Нагъуэ) Мэхьмудрэ (1968 гъэ). ИужькIэ абы къыпащащ Хэкужьым къыщыхъуахэу Шыхъуэ Борис (лъакъуэрыгъажэ спорт), Чыржын Мухьэрбий (атлетикэ хьэлъэ), Ахэмын Еленэ (волейбол), Къардэн Мурат (алыдж-урым бэнэкIэ), Хъущт Аслъэнбэч (алыдж-урым бэнэкIэ), Мудрэн Беслъэн (дзюдо) сымэ. А IуэхуфIыр зыгъэкIуэтэнухэри, Тхьэм и шыкуркIэ, ноби ди мащIэкъым. Сурэтхэм: Европэми, ЩIы хъурейми, Олимп джэгухэми я чемпион Догу (ГъукIэ) Яшар. Зыхэта япэ зэхьэзэхуэхэм ящыщ зым. Жыласэ Заурбэч.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "550.txt" }
Мэрем пшыхь ВЫНД Теплъэгъуэ БжьыхьэкIэщи, пщIащэхэр щIылъэм щызщ: хэт тхыпхъэщIыпхъэхэр зыхащIыхьа гухьэр дахэщ, хэти дыгъэ нэбзийр зэуэ ебэкIри, зишыхьыжащи, лъэгум къыщощхъыщхъ. Жьы щIыIэтыIэр зэзэмызэ къыкъоу, щыхь бжьакъуэу узыIуплъэ жыг къудамэхэр абы хуищIэу щIегъэхъаери, егъэкIэзыз; тхьэмпэхэр къеIэт, зыр адрейм ецырхъыу, иужьым хьэндырабгъуэм хуэдэу, ахэр щхьэхынэ-щхьэхынэу щIыпIэ-щIыпIэхэмкIэ щотIысэхыж. ТIэкIу-тIэкIуурэ щIэхуабжьэ жьым жыг щхьэкIэхэри псей къудамэхэри хуищIэу щыщIигъэхъаекIэ, абыхэм ягъэIу хуэдэщ гумрэ псэмрэ мащIэу зыгъэжьажьэ, узыгъэгумэщI макъамэ-щхъуантIагъэри, накъыгъэри, пшыналъэ дахащэр къизыш дыщэ бзу цIыкIухэри зэрыбзэхыжам хузэхалъхьа макъамэ. Псэм Iэфу зыщигъэпсэху жыг хадэшхуэм ситу лъэс лъагъуэ нашэкъашэм сыздрикIуэм, зэуэ жыг щхьэкIэмкIэ къоIукI вындыжь гуэрым и гужьеигъуэ-щтэгъуэ макъ, сызыщIэувыIыкIащи, абы сыхудоплъей: и дамитIыр ныкъуэзэгуэхщи, зэм лъагъумыхъуныгъэ щытыкIэ къысхуиIэу зегъэцыдж, къысхуогъурхъ, зелIэж, зэми, и нэр а зэрыстримыгъэкIыу, къудамэхэр къызэхепкIыхь; езыр фIыцIабзэщи, фIамыщI хьэжыгъэм зыхикухьами ярейщ. ИкIэм абы мывэм хуэдэу зыкъредзых, тIэкIурэ си щхьэщыгур къиуфэрэзыхьа нэужь, зэрыхъуар сымыщIэу, и пэмкIэ си щхьэм къыхоуэ, иужьым и дамэхэмкIэ, иитI иджы си напэ гуэрыр къысхузэпрехулэкI жысIэу, зблэлъэтщ зишхыхьыжури, итIанэ щIым зыкъридзыхащ. КъыспэтIысащи, и дамитIыр дрегъэуей кърегъэух, зилIэжу мэкIий. ТхьэмыщкIэм и псэм гуIэгъуэр щIытелъым си нэр тохуэ: гъуэжь хъужа удзым хэсу, абы и щIыбагъым къыдэсщ, и пэр къыпылэлрэ лъыр къыжьэдэжу, и дамитIыр Iэпыхупарэ къабзийхэр зэкIэщIэжа-зэкIэщIэпхъауэ, вынд гуэр. Сэ си гугъат а псэущхьэ тхьэмыщкIэр къасщтэу нэхъ жьыугъуэджэ, псэущхьэ гуэрхэр нэхъ щыземыкIуэ щIыпIэ схьыуэ лъэныкъуэ езгъэзыну, арщхьэкIэ дэнэт - вындыжь къыспэтIысам зилIэжыпэу хуежьащи, лIыгъэ уиIэщ бгъэдыхьи еIэби. Мо зылъэмыкIыжIам щхьэкIэ зыкъуигъэукIыну хьэзырщ. НэгъуэщI вынд гуэрхэри щIэмычэу къолъэтылIэ, арщхьэкIэ мобы и дамэхэмкIэ зеухьри-зеухь, езыкухэм заредзри, и пэмкIэ яхэуэурэ, къабзийр къыхечри къызыIуредзыж, аргуэрыжьщи, и дамитIымкIи зеухь. Сэ ахэр Iузгъэщтри зэбгрызгъэлъэтыкIащ. Иужьым гъуэгум дэздзыхщ, мобы къыпэскIухьри сежьэжауэ лъэбакъуэ тIощIырыпщI хуэдиз скIуагъэнт, си щIыбагъымкIэ къыщоIу нэхъ Iеижу зызылIэж, щтэгъуэ-гужьеигъуэ макъхэр. Гурыщхъуэ щIыIэр сщIауэ зэуэ сыкъызэплъэкIмэ – вынд гупышхуэ мо тхьэмыщкIэхэм къатеуащи, зэрызохьэ, джэдыцми пщIащэ гъуами зыкъаIэтащ. Сэ зэуэ зисчри а зэрыфыщIхэм сабгъэдэлъэдат, мохэр аргуэру Iузгъэщтыну, арщхьэкIэ мыхьэнэ лъэпкъ иIэжтэкъым. Къуаргъ уIэгъэрагъэнт: Iыхьэ-Iыхьэу зэпкъратхъакIэт, мыдрейр, гуIэгъуэр зи псэм телъу къыспэтIысарауэ къыщIэкIынт, щылът и дамэ лъэныкъуэр и лъакъуэм теукъуэдиежауэ - тхьэмыщкIэм и кIуэцIыр кърагъэуат. «Я дэ ди Тхьэ лъапIэ! Нобэ зэрышхыж-зэрылIыж дэ - цIыху цIыкIум - къыддэплъейми ярей мыгъуи мы зи бзэ мыпсалъэ тхьэмыщкIэхэри! - КъысхуэкIуа гупсысэ хьэлъэм псалъэхэр зэтрищыпыкIырт. Си нэгу щIэкIам щхьэжагъуэ сищIауэ, хуэм дыдэу, жьажьэ-жьажьэу, сытехьэжат лъэс лъагъуэм. Гъэунэ Борис. КъэкIыгъэхэр Джэш Джэшыр ижь зэман лъандэрэ адыгэхэм къагъэкI. Ар икъукIэ ерыскъы къэуатщ, абы шхыныгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр къыхащIыкI, гъэгъахэм бжьэм фо къыпах. Джэшым и къэхъупIэ-къежьапIэр Америкэрщ, Колумб Христофор а щIыналъэр зэрыщыIэр къищIа нэужь, испанхэм XVI лIэщIыгъуэм ар Европэм къашащ. Джэшыр хуабэр фIыуэ зылъагъу къэкIыгъэщ. Ар къэкIын, зиужьын щхьэкIэ щIыгулъым хуабэу градус 20-25-рэ игъуэтын хуейщ. Апхуэдэу нэхумрэ псыIагъэмрэ фIыуэ елъагъу. А къэкIыгъэр щыхэпсэну нэхъыфIщ ятIагъуэ щIыхэм. Джэшыр узыншагъэмкIэ сэбэпышхуэ зэрыхъур къагъэлъэгъуащ ирагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм. Ар узыфэ куэдым пэщIэтыфщ. Махуэ къэс джэшу 50 пшхмэ, лышхыр къоуэлIэныр къыпхузэтегъэувыIэну къалъытэ. Дол Iэминэ. ГушыIэ НэхъыфIу илъагъур Я деж уэршэракIуэ къекIуэкIа гъунэгъу фызыр щIалэ цIыкIум йоупщI: - Хэт, Емынэжь цIыкIу, нэхъыфIу плъагъур? Мамэ? - АIэ. - НтIэ, папэ? - Хьэуэ. - Хэт-тIэ? - Уипхъу Мадинэ цIыкIущ!. ЛIыгъур Чэрим. ЦIыкIухэм папщIэ Уэрэзей Рашид Анэм хуэдэ Зи псэр къэзыхьа Пшэ къытщхьэщыхьа, ЩIыр зыщIынум лъэщ ТкIуэпсхэр къыпхощэщ. ЗиIу гъущIауэ хъуам Ахэр зыщIафынщ. Пкъы щIэлIауэ хъуар КъэщIэрэщIэжынщ. ЩIым къыщыкIыу хъуам Пшэм и нэIэ тетщ. Анэм хуэдэщ ар: ПсэщIэхэр къегъэщI. ТкIуэпсхэр къыпхощэщ, ЩIыр ищIыну лъэщ Пшэ къытщхьэщыхьа Зи псэр къэзыхьам. Лъэбышэ и лъэIу Фо IэфIыр и гум къихьащи, Мыщэ лъэбышэ зеплъыхь. Бжьэхэр зыщIыпIэ Iэпхъуащи, Ахэр къилъыхъуэу къекIухь. Мыщэр нэщхъейуэ мэщатэ: «Си щхьэр хуэсщIынут лъэгущIыхь, Къысхуэзыгъуэтым фо матэ: Махуэми жэщми сопщIыхь! Бжьэхэр къихьэжтэм мы лъахэм, КъахуэзгъэкIынт удз гъэгъахэр. Ахэр нектаркIэ тхъэжынт, Сэри фо тIэкIу… къызатынт». - Бжьэхэ, си лъэIур зэхэфхи, Мы лъахэм фи лъэр къифхьэж, ХуэфIу нектарыр къыхэфхи, Си Iур фо IувкIэ вгъэнщIыж. Фи фо «щIэхукIэм» и щэхур КъэсщIэну сэ сыхуэмей, Ауэ а дыщэ «гущыхуэр» СимыIэм, сохьыр гугъу Iей!.. Фэ фщIэрэ? Псалъэ шэрыуэхэм къарыкIыр ГушыIэкIэ зымыщIэр IэштIымкIэ мауэ - Зыгуэрым гушыIэ папщIэу Iущыгъэ зыхэмылъ, акъылыншагъэ щыжиIэм деж къапсэлъ хабзэщ. ГуIэр и Iэпэ йодзакъэ - Гузэвэгъуэм, щытыкIэ Iейм зэрихуэ цIыхум хэдэ-хэплъэ иIэжкъым - хэкIыпIэ хуэхъуну къилъытэм зыхуедз. Гъуэгум пкIэлъей ебдзмэ, кIэщI мэхъу - Гъуэгум хъыбар щыжыпIэмэ, ущыуэршэрмэ, зэшыгъуэ хъуркъыми, гъуэгуанэр зэрыпкIуар умыщIэу зэпыбоч. ГъущI куэбжэ зиIэ гъущI мастэ щощIэ - Зыгуэр хуэмыныкъуэ щыIэкъым. Дахэм и напэ пIастэ ирагъэпщIыркъым - «Дахагъэ къудейр мащIэщ, фIагъи хэлъын хуейщ» жыхуиIэщ. ДаIуэ шхиипэ тоувэ - «Чэнджэщ зылъытэр къызэрымыкIыфын щытыкIэ щыIэкъым» жыхуиIэщ. Дыгъужь ущышынэмэ, мэз умыкIуэ - Къыппэщыт гугъуехьхэм, шынагъуэхэм уащыщтэмэ, Iуэхум щыщIэбдзэн щыIэкъым. Джэд нэхърэ джэдыкIэ нэхъ Iущщ - НэхъыщIэр нэхъыжьым нэхърэ нэхъ губзыгъэу, нэхъ акъылыфIэу щытынкIи мэхъу. Джэд щыкъун и пщIыхьэгъущ - Хэт сытым хуэныкъуэми, игъэпIейтейми, ар абы йогупсыс икIи топсэлъыхь. Джэджьей зеуалэ псывэ хоупIэ - ЦIыху мызагъэр бэлыхь щыхэхуам деж хужаIэ хабзэщ. ДжэдыкIэм цы къыхех - «Iейуэ дзыхьмыщIщ, гурыщхъуэ сыт ищIысми хуещI» жыхуиIэщ. Джэдым зэрыфIагъэжыну сэр езым къеулъэпхъэщыж - Езыр зытекIуэдэжын Iуэху зезыхуэм теухуауэ къапсэлъ. Дзыхь зыхуамыщI щыкъур мэкъутэ - ЦIыхум а нэхъ и нэIэ зытет, нэхъ зыхуэсакъ дыдэм зыгуэр къыщыщыщIам деж, игу хэщIу къипсэлъ хабзэщ. Ер вы бжьакъуэм къокI - Щхьэусыгъуэ мыхьэнэншэ дыдэкIи бэлыхьышхуэ къыщыхъу щыIэщ. Жылэр щыIэпхъуэм гуащэм къаз егъэхъу - «ИщIэн хуей Iуэху нэхъыщхьэр къигъэнауэ, нэхъ мыхьэнэншэ Iуэхур елэжь» жыхуиIэщ. Щауэ Къалидар. Хъыбар цIыкIухэр И лIым щхьэ емыгупсысарэ? Гъунэгъу фызыр и дэлъхум щхьэкIэ хъущIэрт: - ЛIыуэ зибжыжмэ, лIы хуэдэу щрет! Сыт ар апхуэдизрэ и фызым жиIэм щIедаIуэр? И жьэр щхьэ зэщIригъэхыххэрэ? Абы и псалъэхэр щызэхэсхым, сыкъыпыгуфIыкIащ. Езым и щхьэгъусэм (фIы дыдэу соцIыху, си ныбжьэгъущ) хуитыныгъэ лъэпкъ щиIэтэкъым унагъуэм. Уеблэмэ лэжьапщIэм щыщу пивэ уасэ и жыпым къринауэ къищIэмэ, къаугъэ ирищIэкIырт. ЗэрыжаIэу, псори зи IэмыщIэ илъыр езырат. И дэлъхум щыхуэшхыдэм езым и лIыр сыту игу къэмыкIыжарэ! Унагъуэм щытепщэр Налшык и уэрамхэм ящыщ зым сыздрикIуэм солъагъу: зи ныбжь хэкIуэта цIыхухъу зыIэщIэлъымрэ цIыхубзымрэ белхьэкхъуафэ зырыз яIыгъыу машинэм къригъэджэлыкIа растворыр я тыкуэн бжэIупэм щызэбгратхъу. IухьэпIэм япэм тралъхьа асфальтыр ныкъуэхэкIуэдэж хъуат. Дунейр хуабэти, лIым спортивнэ гъуэншэдж фIэкI щыгътэкъым, ари пыщэтыжауэ. Абдежым цIыхубзым и макъ зэхызох: - Апхуэдиз раствор абдей щIытебупцIэр сыт, гъуэгу мыгъуэм емыжьэн?! - Мыбдей къэчащи аращ, - Iэдэб дыдэу ет лIым жэуап. - Тхьэ, узыхуейрамэ, уи кIуэцIыр къэзгъэчэнмэ! Пхэ дыкъуакъуэжь ухъужауэ, щысхь жыхуаIэр, бжэгъукIэ къраудмэ, пщIэркъым. ЦIыхухъум абы зыри пидзыжакъым. ГурыIуэгъуэт унагъуэм щытепщэр хэтми. Абдежым сигу къэкIаращ: зэщхьэгъусэхэм е я къуэ къишащ, е япхъу яшащ. Абы щыгъуэ, шэч хэмылъу, хъуэхъу дахэ куэд къыхужаIащ а тIуми, «ЗэгурыIуэу зэдопсэу, зым Iэпыхур адрейм къищтэжу, адыгэ хабзэ щызекIуэ унагъуэщ…» Апхуэдэ хъуэхъу абыхэм яжезыIахэм езгъэлъэгъуащэрэт а махуэм си нэгу щIэкIар! Саут СулътIан. Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "551.txt" }
Адыгэр дэнэ щымыIэми, зекIуэныр къыщохьэ «Ford Epic Israel» зи фIэщыгъэ дунейпсо лъакъуэрыгъажэ зэхьэзэхуэм мы гъэм Израилым щыпсэу адыгэ щIалэ 16 хэтащ. Мы зэныкъуэкъур илъэс къэс хамэ къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм щокIуэкI - Иджы ар Израилым къылъысащ. ­Лъакъуэрыгъажэм тесхэм къыщажыхьащ Иерусалим - цIыхубэм лъапIэу ­ялъытэ щIыпIэхэм я Iуащхьэм. Абы цIыху 200-м щIигъу щызэныкъуэкъуащ, тIурытIу загуэшурэ щызэпеуащ. Ди адыгэ лIыхъужьхэм абы зыкъы­щагъэлъэгъуащ жыджэру, лъэрызехьэу. Махуищым къриубыдэу километр 250-рэ хуэдиз къызэпачащ абыхэм, метр 500 зи лъагагъ щIыпIэм къыщежьэри, лъа­къуэрыгъажэкIэ къехащ. А зэныкъуэкъум хэта адыгэ щIалэхэу япэу къэсыжахэщ Щэджащэ Сэусэррэ Щэуджэн Мусэрэ. Iэпщэ Рустам. Кфар-Камэ, Израиль
{ "source": "apkbr.ru", "id": "552.txt" }
Зыми памыщI * * * СэркIэ хьэкъщ симфоническэ эстрадэри, оперэри, балетри къэзыгъэIурыщIэф, а псоми я купщIэр къэ­зы­тIэ­щIыф дирижёр Iэзэ дыдэхэм Темыркъан Юрий зэращыщыр. ГРИКУРОВ Эмиль, дирижёр. 1975 гъэ * * * Зэзэмызэ къысщохъу: Темыркъан Юрэ пультым щыбгъэдэтым деж, и Iэр зэриIэтыххэу, мафIэ жьэражьэр къыщхьэщех абы. А мафIэм ухуэпабгъэу, абы зыхуэпшийуэ, ар къыбжьэхэлыдэу къыпщохъу абдежым. Гъэ­щIэгъуэнракъэ: а мафIэм ущыщтэркъым, ущыщтэн дэнэ къэна, гуфIэгъуэм узэщIещтэ. НОВИКОВЭ Галинэ, композитор. 1988 гъэ * * * УщеплъкIэ, ущедаIуэкIэ зыхыбощIэ Темыркъан Юрэ «Евгений Онегин» оперэм зэрыхуэсакъыр - и купщIэр ихъумэн хузэфIокI, уигу зэребгъэн щыIэкъым, апхуэдизкIэ узэщIащ, зэщIэкъуащ, зэщIожьыуэри. Чайковс­кэр нэхъри фIыуэ уигъэлъагъунращ Темыркъан Юрэ зыщIэкъур. ГАККЕЛЬ Леонид, макъамэ критик. 1988 гъэ * * * Талантышхуэ зыбгъэдэлъ цIыхущ Темыркъан Юрэ. Пультым щыбгъэдэтым деж абы уедэIуэни уеплъыни пфIэфIыпсщ - гу щыпхуэркъым, зыщыбгъэнщIыркъым. Зэм ткIийщ, зэм щабэщ, зэм Iэдэбщ, зэм мафIэм хуэдэщ - уимытхьэкъункIэ, узэщIимыубыдэнкIэ Iэмал зимыIэщ. КНЯЗЕВЭ Иветтэ. 1991 гъэ * * * Адрей псоми сахуэдэщ сэ - Темыркъан Юрэ гъэр ищIахэм сащыщщ, ситхьэкъури, и IэмыщIэ сриубыдащ. Апхуэдэ къарурэ гуащIэрэ иIэщ Темыркъаным - ар зэкъым, тIэукъым зэрызгъэунэхуар, Петербурги, Бер­лини, нэгъуэщI къалэхэми сыщрихьэлIащ. Зыми пэс­щIыркъым ар - дирижёр Темыркъан Юрэ! ВОЗНЕСЕНСКИЙ Андрей, усакIуэ. 1989 гъэ * * * ФыкIуэ Темыркъаным и концертым, абы игъэбзэрабзэ музыкэм федаIуэмэ, фигу хэхъуэнущ, гурыщIэм фызэщIиIэтэнущ, дэрэжэгъуэ къывитынущ, фызэ­ры­цIыхур, гъащIэр зэрылъапIэр нэхъри зыхэфщIэнущ. ПОКРОВСКИЙ Борис, оперэм и режиссёр. * * * Шэч хэлъкъым: и цIыхугъэкIи и гуащIэкIи ар щэджащэщ, псоми къахощ, егъэлеяуэ зэрыгуащIафIэри, зэ­рыа­къылыфIэри, и гулъытэр зэрыгъунапкъэншэри псэ­кIэ зыхыбощIэ. Куэд дыдэ хузэфIэкIащ абы, зыхэ­мызагъэ щыIэкъым. Гъуазджэм и лэжьакIуэм хэлъын хуей фIагъ псори дыболъагъу абы. И теплъэ къудейми къеIуатэ абы и гуащIэр зэрыин дыдэр. ТРЕТЬЯКОВ Виктор, уэрэджыIакIуэ, композитор. * * * Америкэм сыкъызэрикIыжыххэу, пIалъэ къыхэзгъэкIакъым - Темыркъан Юрэ и репетицэм сыкIуащ, занщIэуи къызгурыIуащ сэ нэгъуэщI дунейм сыкъы­зэрыщыхутар. Си гум щызу сыбэуащ абдежым. Сэ сынасыпыфIэщ абы ныбжьэгъу сызэрыхуэхъуам щхьэкIэ. МАЦУЕВ Денис, пианист. * * * Темыркъан Юрэ деж сыщеджащ сэ. ИгъащIэкIэ сщыгъупщэнкъым ар къызэрысхуэупсар: «Зауэмрэ мамырыгъэмрэ» оперэр дзыхь къысхуищIащ. Абы и гулъытэ зэи сыщыщIакъым, аращ зи фIыщIэр, дирижёр нэхъыщхьэ сызэрыхъуар - апхуэдэ Iэмал къызитащ абы. ГЕРГИЕВ Валерий, УФ-м и цIыхубэ артист, осетин дирижёр цIэрыIуэ. * * * Темыркъан Юрэрэ сэрэ дыщызэрыцIыхуар сщIэ­жых­хэркъым, игъащIэ лъандэрэ дызэрыцIыхуу къысщохъури. Абы сыщыдэлажьэм деж си гур хохъуэ дапщэщи. Сэ сыт щыгъуи сызэхищIыкIынущ абы, сэри езыр зэ­хэс­щIыкIынущ. РОСТРОПОВИЧ Мстислав, пианист, дирижёр. 1998 гъэ Темыркъан Юрэ къыхуагъэфэщахэр ♦Дирижёрхэм я II Союзпсо зэпеуэм и лауреатщ (I саугъэт, Москва, 1966 гъэ). ♦Глинкэ М. И. и цIэкIэ щыIэ ­РСФСР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат ­хъуащ (1968 - 1970 гъэхэм ита концерт программэхэм папщIэ (1971 гъэ). ♦РСФСР-м щIыхь зиIэ и артистщ (1971 гъэ). ♦КъБАССР-м щIыхь зиIэ и артистщ (1971 гъэ). ♦КъБАССР-м и цIыхубэ артистщ (1973 гъэ). ♦РСФСР-м и цIыхубэ артистщ (1976 гъэ). ♦СССР-м и Къэрал саугъэтыр ­къратащ Петров Андрей и «Петр I» оперэр зэригъэувам папщIэ (1976 гъэ). ♦СССР-м и цIыхубэ артистщ (1981 гъэ). ♦Ленин орденыр къратащ (1983 гъэ). ♦СССР-м и Къэрал саугъэтыр къратащ «Евгений Онегин» оперэр зэригъэувам папщIэ (1985 гъэ). ♦Прокофьев Сергей «Александр Невский» фильмым щIигъэува музыкэр (1996 гъэ), Шостакович Дмитрий и Симфоние №7-р (1998 гъэ) егъэтхынымкIэ Grammi саугъэтым и номинацэхэр къихьащ. ♦Кириллрэ Мефодийрэ я орденыр (Болгарие, 1998 гъэ) къратащ. ♦ПромышленностымкIэ, егъэ­джэ­ныгъэмкIэ, гъуазджэмкIэ дунейпсо академием щIыхь зиIэ и академикыу хахащ (США, 1998 гъэ). ♦«Хэкум и пащхьэ щиIэ фIыщIэм папщIэ» орденым и III нагъыщэр ­къратащ (1998 гъэ). ♦Урысей Федерацэм и Къэрал саугъэтыр къратащ (1999 гъэ). ♦ЩIэныгъэмрэ Щэнхабзэмрэ я «Екатерина Великая» орденыр ­къратащ (2002 гъэ). ♦Илъэсым и дирижёр нэхъыфI» Аббиати и саугъэтыр къратащ (2003 гъэ). ♦УФ-м и Президентым и саугъэтыр къратащ (2003 гъэ). ♦Профсоюзхэм я Гуманитар университету Санкт-Петербург дэтым щIыхь зиIэ и доктору хахащ (2003 гъэ). ♦Римский-Корсаков Н. А. и цIэр зезыхьэ къэрал консерваторэу Санкт-Петербург дэтым щIыхь зиIэ и доктору хахащ (2003 гъэ). ♦Хэкум и пащхьэ щиIэ фIыщIэм папщIэ» орденым и II нагъыщэр къратащ (2003 гъэ). ♦«Триумф» саугъэтым и лауреатщ (2003 гъэ). ♦Сантэ - Чечилие академием щIыхь зиIэ и академикщ (Италие, 2007 гъэ). ♦«Илъэсым и дирижёр нэхъыфI» Аббиати и саугъэтыр къратащ (2007 гъэ). ♦«Хэкум и пащхьэ щиIэ фIыщIэм папщIэ» орденым и I нагъыщэр къра­тащ (2008 гъэ). ♦«Санкт-Петербург щIыхь зиIэ и цIыху» цIэр къыфIащащ (2009 гъэ). ♦«Налшык къалэ щIыхь зиIэ и цIыху» (2010 гъэ). ♦«Италием и вагъуэ» орденым и командор хъуащ (Италие, 2012 гъэ). ♦«Хэкум и пащхьэ щиIэ фIыщIэм папщIэ» орденым и IV нагъыщэр ­къратащ (2013 гъэ). ♦«Орден Восходящего Солнца» дамыгъэ лъапIэм и III нагъыщэр къратащ (Японие, 2015 гъэ). ♦Урысей Федерацэм и Къэрал саугъэтыр къратащ (2018 гъэ). И цIэр фигу ивубыдэ! Оперэмрэ балетымрэ я академическэ театрыр (Кировым и цIэр зезыхьэр) илъэс щитI щрикъум щыгъуэ абы къыщагъэлъэгъуауэ щытащ Чайковскэм и «Евгений Онегин» оперэр. Чайковскэм и пшыналъэмрэ Пушкиным и усэмрэ зыпэтщI щыIэкъым дэ, дызэ­ры­цIыкIу лъандэрэ ди псэм и щIасэщ ахэр. Музыкэр фIыуэ зылъагъухэм я закъуэкъым Чайковскэм и IэдакъэщIэкIхэм ят­хьэкъур, ар дэтхэнэ цIыхум дежкIи гукъи­нэщ, и бзэгупэм телъщ, и гур гуфIэгъуэкIэ егъэнщI, зэщIеIэтэ. А спектаклыр хэтщ ди театр псоми я репертуарым, Iэджэрэ ягъэлъэгъуащ. ЩIэ гуэр пхухэлъхьэнкIэ хъуну абы, щIэщыгъуэ ящыпщIыфыну цIыхум? Ар зыхузэфIэкIынур зэчий къызэ­ры­мыкIуэ зыбгъэдэлъ музыкантщ. Апхуэ­дэ музыкантщ ар Ленинград щызыгъэува дирижёр, СССР-ми РСФСР-ми я Къэрал саугъэтхэм я лауреат, СССР-м и цIыхубэ артист Темыркъан Юрэ. А лэжьыгъэр Темыркъан Юрэ езым и къалэ Налшык щиублауэ плъытэ хъунущ. Хэку зауэшхуэр къэхъея нэужь, Налшык ягъэIэпхъуауэ щытащ (Правительствэм и унафэкIэ) щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я лэжьакIуэ цIэрыIуэ зыбжанэ. Абыхэм яхэтащ Прокофьеври Мясковскэри. Ахэр ныбжьэгъу хуэхъуащ Юрэ и адэ Темыркъан Хьэту - абы и унэм ихьэу, щыхьэщIэу щытащ. Темыркъан Хьэту и чэнджэщкIэ, Прокофьевым ЕтIуанэ (къэбэрдей) квартетыр, Мясковскэм ТIощIрэ ещанэ симфониер ятхащ (а симфониеми лъабжьэ хуэхъуар къэбэрдей пшыналъэхэрщ). А зэманым Прокофьевыр «Зауэрэ мамырыгъэрэ» оперэм елэжьырт (Толстой и роман цIэрыIуэм ипкъ иткIэ). Юрэ илъэсищи ирикъуатэкъым абы щыгъуэ. Композитор цIэрыIуэр щIалэ цIыкIум дэджэгурт, тригъэурт. Дауи, абы и пщIыхьэпIэ къыхэ­хуэр­тэкъым илъэс плIыщI дэкIа нэужь, а щIалэ цIыкIум «Зауэрэ мамырыгъэрэ» оперэр зэригъэувынур. 1942 гъэм фашистхэм Налшык яубыдащ. Темыркъан Хьэту партизанхэм яхы­хьащ. Илъэс щэщIым итт абы и ныбжьыр, бийм Iэрыхьэу щаукIам. Музыкэм ухуеджэнуи апхуэдэ зэмантэкъым зауэ нэужь илъэсхэр. Темыркъан Юрэ игу къегъэкIыж: «Къалэ хадэм тхьэмахуэ къэс щыджэгурт оркестр. Абы де­дэIуэн щхьэкIэ, паркым дыкIуэрт зэныбжьэгъу цIыкIухэр, ауэ абы щызэхэтх му­зы­кэм сигу къызэрыщIиубыдэ щыIэтэкъым. Музыкэм сыдезыгъэхьэхар си япэ егъэджакIуэ Дашков Валерийщ. Музыкант сыхъуамэ, фIыщIэр псом япэ зыщыслъа­-гъур абы дежщ». Налшык дэт музыкэ еджапIэм щIэтIыс­хьащ Юрэ япэщIыкIэ, итIанэ щеджащ Ленинград дэт курыт музыкальнэ школым. И егъэджакIуэхэм ящыщ зым и цIэ ири­Iуэрейщ Темыркъаным - ар Ленинградщ. Консерваторэм щигъуэта щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ нэхърэ нэхъ мащIэкъым ­къалэ дахэм и театрхэм, концерт залхэм, фи­лармониехэм абы щигъуэта зыузэ­щIы­ны­гъэр. Ленинград консерваторэм щезы­гъаджэхэм гу лъатащ студент щIалэщIэр дирижёр IэщIагъэм кIуэ пэтми зэрыдихьэхым (абы хуеджэн мурад иIэххэтэ­къым езым, ар зыми къалэн къыщищIатэкъым). Альтист IэщIагъэ игъуэтауэ, консерваторэр 1962 гъэм къиухащ Темыр­къан Юрэ, итIани дирижёр IэщIагъэм Мусин И. А. деж щыхуеджэн зэпигъэуа­къым. Максим Горький и цIэр зезыхьэ Драмэ театрым и оркестр цIыкIум щыджэгурт ар (дирижёри зэзэмызэ хуэхъурт). Абы щыгъуэщ Юрэ Лавров Кириллрэ Стржельчик Владиславрэ ныбжьэгъу щахуэхъуар - я щIалэгъуэт щыми, гуращэ лъагэхэм ­хуэпабгъэрт. Юрэ кIэлъыплъ зэпытт Товстоногов Георгий и лэжьэкIэм (абы и дерсхэр Юрэ къыхуэщхьэпэжащ, «Евгений Онегин» оперэр щигъэувам щыгъуэ). 1966 гъэм Темыркъан Юрэ дирижёр дипломыр къратащ, Оперэ театр ЦIыкIум ирагъэблэгъащ. Дирижёр хъуа нэужь, Юрэ япэ дыдэ игъэувар «Травиатэ» опе­рэрщ. А гъэм и дыгъэгъазэ мазэм Темыркъан Юрэ къыхуагъэфэщащ дирижёрхэм я ­Союзпсо конкурсым и лауреат цIэр - мащIэт апхуэдэ дирижёр абы щыгъуэ зы­цIыхур, ауэ псоми щIэх къагурыIуащ ­гъуэ­гуанэ кIыхь къызыщIэлъ дирижёр ахъырзэман къызэрыунэхуам. 1967 гъэм Темыркъан Юрэ Ленинград филармонием и симфоническэ оркест­рым и унафэщI хъуащ - апхуэдэ дзыхь ­кърагъэзащ Союзпсо зэпеуэм щытекIуа дирижёр щIалэм. Илъэс 28-м щхьэдэха къудейт Юрэ абы щыгъуэ. ИлъэсипщIкIэ IэщIэлъащ абы Ленинград филармонием и симфоническэ оркестрыр - «Темыркъаным и илъэсипщIкIэ» йоджэ а лъэхъэнэм. Абы щыгъуэщ ­дирижёр Темыркъан Юрэ щигъэлъэгъуар Рахманиновым и ЕтIуанэ симфониер, Стравинскэм и «Петрушкэр», Равель и «Дафнисрэ Хлоерэ» сюитэр, Прокофьевым и Классическэ симфониер - абы­хэм ящыщ дэтхэнэми хыболъагъуэ ди­рижёр щIалэм и хъэтIыр, щызыхыбощIэ абы и Iэдакъэ къыщIэкIа лэжьыгъэ хьэ­лэ­мэтхэр зыми зэремыщхьыр, зыми зэры­хэмыгъуащэр. Темыркъаным абы щыгъуэ къытригъэзэжауэ щытащ Шостакович и Ебланэ симфонием, ауэ ар нэгъуэщI ­къэ­ралхэм пшэ мыхъуну жызыIаи щыIащ, ­зауэм зэриIэужьыр щхьэусыгъуэ ящIри. Юрэ едэIуакъым апхуэдэ пса­лъэ­ма­­къхэм, игу зэгъакъым а симфониер ­хамэ къэралхэм щигъэIуху - дирижёрым и цIэр абы нэхъри лъагэ дэхъуащ. Нью-Йорк ­газетым абы щыгъуэ итхыгъащ: «Фигу ивубыдэ абы и цIэр - Темыркъан Юрэ!» Абы и ужькIэ куэд дэмыкIыу Темыркъан Юрэ ябгъурыуващ дуней псом щы­цIэ­рыIуэ дирижёр нэхъ Iэзэ дыдэхэм. Темыркъан Юрэ дирижёр къудейкъым, ар зыхэмызагъэ гъуазджэ лIэужьыгъуэ ­гъуэтыгъуейщ: сурэтыщI Iэзэщ, актёр Iэ­щIагъэми хуэIэрыхуэщ. ПсэлъэгъукIэ ­сыт и уасэ Юрэ: зэи утезашэркъым абы иIуатэ хъыбархэм, сыт щыгъуи пфIэщIэщы­гъуэщ ахэр, узыIэпашэ - жыпIэнурамэ, «Андронников етIуанэщ». Дирижёр IэщIагъэм зримытатэмэ, режиссёр хъуну къы­щIэкIынт Темыркъаныр - ар хьэкъ къытщищIащ Кировскэ театрым «Евгений ­Онегин» оперэр щыщигъэувам. «Сыт нэхъ удэзыхьэхыр?» - жаIэу къеупщIахэмэ, абы нэхъапэм ярит жэуапыр зыт: «Музыкэм». Иджы мыпхуэдэ жэуапщ яритыр: «Му­зы­кэмрэ театрымрэ». ПЕТРОВ Андрей, композитор. 1988 гъэ Газетхэм ятхахэр Партитурэм зы мэскъалкIэ текIыркъым Темыркъаным и оркестрыр. Телъыджащэщ дирижёр Темыркъан Юрэ и лэжьыгъэр. Япэ макъамэм щыщIэдзауэ, абы итхьэкъуащ залым щIэсхэр. Концерт нэужьым щIэх зэпыуакъым абы иращIэкIа Iэгуауэр. «Эль Паис», Испание. 1981 * * * Ленинград оркестрым зригъэузэщIащ дирижёр Темыркъан Юрэ, абы пэхъун оркестр куэд бгъуэтынукъым. Ар зи унафэ щIэт ди­ри­жёрым хуэфащэпсщ - аращ абы зе­зыгъэу­зэщIар, дамэ къытезыгъэкIар. «Свенска дагбладет», Швецие. 1971 * * * «Токио Буна Каикон» концерт зал зыкъи­зы­хым щызэрагъэцIыхуащ японхэм Темыркъан Юрэ. Апхуэдэ концерт я щыпэлъагъут японхэм - псори дитхьэкъуащ дирижёр телъыджэм. Хыугъахъуэ, Темыркъан! «Асахи», Японие. 1974 * * * Ленинград къалэ щIэращIэщ. Абы хуэфащэщ Темыркъан Юрэ зи унафэщI оркестрыр - абы и джэгукIэр зэрыбгъэщIэгъуэнур пщIэркъым. Дирижёрыращ ар зи фIыщIэр. «Нью-Йорк пост», США. 1977 * * * Гъуазджэм и щэху псори зыщIэ, оркестрыр абы хуэзыунэтI, хуэзыгъэIущ дирижёрщ Темыркъан Юрэ. «Врадини», Алыдж. 1978 * * * Кировскэ театрым и оркестрым сыт и лъэныкъуэкIи узыIэпешэ: зы макъ лей щы­зэ­хэпхынукъым, абы хэс музыкантхэр псори зэрощIэ, я бзэр зэтохуэ, я пшыналъэр гъэ­хуащ - Темыркъанращ а фIагъ псори оркестрым хэзылъхьар. «Висбаденер Магблатт», ФРГ. 1979 * * * «Евгений Онегин» оперэм зыщиузэщIащ Кировскэ театрым, зыми еплъыт хъунукъым ар, апхуэдизкIэ хьэлэмэтыщэщи. Хьэлэмэтыщэщ Темыркъан Юрэ и оркестрым абы щигъэIу, ар «зэрихуапэ» пшыналъэр. «Дейли телеграф», Инджылыз. 1987 * * * Темыркъан Юрэ жьы зыщIэт, зи Iэпкълъэпкъыр жан, зи гурыщIэр куу музыкантщ. Ардыдэр хужыпIэ хъунущ ар зи унафэщI оркестрми. «Джумхуриет», Тырку Республикэ. 1990 Iэнкун сыщIэхъуар Струннэ квартет стхын мурад сщIат. Адыгэхэм къадэ­гъуэгурыкIуэ пшыналъэр лъабжьэ хуэсщIмэ, квартетыр бзафIэ, гъэщIэгъуэн хъун хуейуэ къэс­лъытащ. ИтIани, си лэжьыгъэр сыубла нэужь, си щхьэм къихьащ: европей му­зыкэм еплъытмэ, Къэ­бэрдейм и макъамэ щэнхабзэм зэкIэ зэрызиужьа щыIэкъым (пасэрей адыгэ уэрэдыжьхэм я гугъу сщIыр­къым - ахэр телъыджащэщ!). Налшык къащыгурымыIуэмэ-щэ си квартетыр, абы и пщIэр яхуэ­мылъытэмэ-щэ - арат Iэнкун сыщIэхъуар. Шэч къызэрыс­хьыжар жесIащ ГъуазджэмкIэ управленэм и унафэ­щIым. Ар цIыху губзыгъэт, жыжьэ плъэ­фырт. Си гур фIы къыс­хуищIыжащ абы: «УщIемыгъуэж, тхы узэрыхуейуэ; уи ­квартетыр иджыпсту зэхэдмыщIыкIми, абы хуэфащэ пщIэ хуэтщIыф дыхъунщ нэхъ иужькIэ». Апхуэдэ чэнджэщ къы­зэзытар, квартетым сыте­зыгъэгушхуар Темыр­къан Хьэтущ. Ар Хэку зауэшхуэм хэкIуэдащ - фашистхэм яу­кIащ. ПРОКОФЬЕВ Сергей, композитор. 1947 гъэ Темыркъан Юрэ и адэ Хьэту. 1940 гъэ Юрэрэ абы и анэ Къардэн Блинэрэ. 1999 гъэ
{ "source": "apkbr.ru", "id": "553.txt" }
«Нартхэм я фIыгъуэхэр» Налшык щагъэлъагъуэ Сабий, щIалэгъуалэ творчествэмкIэ уардэунэм щагъэлъэгъуащ «Нартхэм я фIыгъуэхэр» Х дунейпсо сабий-ныбжьыщIэ фестиваль-зэпеуэм щытекIуахэмрэ абы и лауреатхэмрэ, «Дети России за мир в Сирии» япэ арт-марафоным хэтахэм я IэдакъэщIэкI нэхъыфIхэр. Утыку къыщрахьахэм ящыщщ КъБР-м щыпсэу Сирием щыщ ди лъахэгъу ныбжьыщIэхэу зэпеуэм и лауреатхэмрэ дипломхэр зыхуагъэфэщахэмрэ я IэдакъэщIэкIхэр. Мэзкуу къалэм лъэпкъ политикэмрэ щIыналъэхэм я зэпыщIэныгъэмкIэ и департаментыр, УФ-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэр, Лъэпкъхэм я унэу Мэзкуу дэтыр, Урысейм и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэр и щIэгъэкъуэну, сурэтыщI-модельер ТIажь Альбинэ и фондым иригъэкIуэкI сабий-ныбжьыщIэ зэпеуэ-фестивалым нэхъри зеубгъу. Гъэлъэгъуэныгъэм хэтащ «Нартхэм я фIыгъуэхэр» дунейпсо арт-проектым и къызэгъэпэщакIуэ, комитетым и унафэщI ТIажь Борис, филологие щIэныгъэхэм я доктор Гъут Iэдэм, философие щIэныгъэхэм я доктор, УправленэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ академием и къызэгъэпэщакIуэ Хъурей Феликс, КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщIхэу Бгъэжьнокъуэ Заурбэчрэ Жылэ Анатолэрэ, ЩоджэнцIыкIу Алий и фондым и унафэщI ЩоджэнцIыкIу Леонид, КъБР-м и дзэ комиссарым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Бачков Константин сымэ. Абыхэм ящыщ дэтхэнэри къыщыпсалъэм къыхагъэщащ гъэлъэгъуэныгъитIым зэхуаIэ зэпыщIэныгъэр: дунейм Iей къыщымыхъуным щIэбэна нарт лIыхъужьхэм я хъуэпсапIэхэр, зауэм и нэщIэбжьэ сабийхэм ямылъагъуныр, Сириер мамыр хъужыныр - аращ ехъулIэныгъэщIэхэр яIэну, сурэтхэр зытеухуар. Нэхъыжьхэр сурэтыщI ныбжьыщIэхэм ехъуэхъуащ мамырыгъэмрэ зэкъуэтыныгъэмрэ ди лъахэм, къэралым, зэрыщыту дунейм щытепщэну. Гъэлъэгъуэныгъэм хэтахэм я гуапэу кърагъэблэгъащ Сирием дзэ къалэныр щезыхьэкIа щIалитI, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу. Ахэр псом хуэмыдэу щыгуфIыкIащ Сирием къиIэпхъукIыжа ди лъэпкъэгъу ныбжьыщIэхэм я сурэтхэм. «Нартхэм я фIыгъуэхэр» зэпеуэ-фестивалым зи лэжьыгъэкIэ къыхэща Алладин Чан, Лъатэ Самэ, Уэтей Хьэзем, Къинай Алимарт (Сирием къикIыжахэщ), Налшык щыщ ЖьакIэ Астемыр саугъэтхэр иратащ. Къызэхуэсахэм я нэгу зрагъэужьащ «Кавказ пшэплъхэр» сабий ансамблым и къэфакIуэхэм. Къыхэдгъэщынщи, «Дети России за мир в Сирии» къыхуеджэныгъэм щIэту сабийхэм ягъэхьэзыра сурэтхэм гулъытэшхуэ щыхуащIащ Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм щекIуэкIа «Москва - Дамаск» арт-марафоным (Мэзкуу - Дамаск - Псыхуабэ - Черкесск - Мейкъуапэ, Севастополь - Алуштэ, «МДЦ - Артек», Агуй - Шапсыгъ - Сыхъум - Налшык) хэтахэм. НыбжьыщIэхэм я IэдакъэщIэкIхэр мы гъэм и фокIадэм Дамаск щагъэлъэгъуэну я мурадщ. Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ. УЭРДОКЪУЭ Женя.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "554.txt" }
А пщэдджыжьым зауэр къэхъеят Дзэ щIыхьым и къалэ Налшык, мэкъуауэгъуэм и 22-м пщэдджыжьыр сыхьэтиплIым ЩIыхьым и мафIэ мыужьыхым и деж щекIуэкIащ Фэеплъымрэ щыгъуэмрэ я махуэм теухуа «Фэеплъ шэху уэздыгъэ» урысейпсо Iуэхугъуэм хыхьэ пэкIу. Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъым я щхьэр хуагъэщхъыну МафIэ мыужьыхым и деж щызэхуэсат цIыху куэд. «Фэеплъ шэху уэздыгъэ» Iуэхум хэтащ республикэ МВД-м, Урысей МВД-м Налшык къалэмкIэ и управленэм, КъБР-м щыIэ Росгвардием я унафэщIхэмрэ къулыкъущIэхэмрэ, ветеранхэр, къалэм и муниципальнэ IэнатIэхэм, щIалэгъуалэ, жылагъуэ IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэр. Хэку зауэшхуэм, лэжьыгъэм, IэщэкIэ ЗэщIэузэда Къарухэмрэ хабзэхъумэ IэнатIэхэмрэ я ветеранхэм я Налшык къалэ советым и тхьэмадэ Абдуллаев Мустэфа пэкIур къыщызэIуихым жиIащ Хэкур яхъумэу зи гъащIэр зытахэр, совет цIыхухэм ТекIуэныгъэр къахьын щхьэкIэ я фэм дагъэхуар зэи зэращымыгъупщэнур. Дин IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэм Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм хэкIуэдахэм папщIэ дыуэ ирагъэщIащ. Пщэдджыжьым пшэплъ къыщищIым ирихьэлIэу. къызэхуэсахэм шэху уэздыгъэхэр пагъэнащ, дакъикъэкIэ щыгъуэри, МафIэ мыужьыхым удз гъэгъахэр тралъхьащ. Дыгулыбгъу Жантинэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "555.txt" }
ГъащIэщIэм лъэбакъуэ хачэ Курыт школыр къэзыух ныбжьыщIэхэм папщIэ къызэрагъэпэщ гуфIэгъуэ пшыхьхэр, дэнэкIи хуэдэу, ди республикэми мы махуэхэм щекIуэкIащ. Ику ит щIэныгъэ зэрызырагъэгъуэтамкIэ дэфтэрхэр иратыжащ Къулкъужын Ищхъэрэ къуажэм дэт 3-нэ курыт еджапIэр къэзыух цIыкIухэми. Пшыхьыр къафэ дахэкIэ къызэIуаха нэужь къызэхуэсахэм ирагъэцIыхуащ гуфIэгъуэ зэIущIэм хьэщIэу къеблэгъахэр. Ахэр: Къулкъужын Ищхъэрэ къуажэм и Iэтащхьэ ПщыхьэщIэ Руслан, Бахъсэн щIыналъэм щIэныгъэмкIэ управленэм и лэжьакIуэ Тхьэмокъуэ Лидэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и корреспондент Хьэрэдурэ Аллэ сымэ. Япэу псалъэ зрата ПщыхьэщIэ Руслан жиIащ: - Ди республикэм и школ нэхъыфIхэм ящыщщ къызэвнэкIыр. Мы школым фэ щIэныгъэ щызэвгъэгъуэтащ, текIуэныгъэхэр щызыIэрывгъэхьащ, ныбжьэгъу пэжхэр щывиIащ. Сэ хьэкъыу си фIэщ мэхъу, еджапIэр къэвухами фи егъэджакIуэхэмрэ фи еджапIэмрэ зэрыщымыгъупщэнур. Нобэ фэ фызрикIуэну гъуэгур фыубзыхуауэ балигъ гъащIэм фыхобакъуэри Тхьэм фи мурадхэр къывигъэхъулIэ. Дэ дыхуейщ фи адэ-анэм ямызакъуэу къэралым хуэфэщэн цIыху къыфхэкIыну. Сабийхэр гъэсэным, егъэджэным къаруушхуэ езыхьэлIа адэ-анэхэми егъэджакIуэхэми фIыщIэ яхуищIащ ПщыхьэщIэм. ХьэщIэхэр къэпсэлъа нэужь дэфтэр лъапIэр, атестатыр, гуфIэгъуэ щытыкIэм тету щIалэгъуалэм иритыжыну утыкум кърагъэблэгъащ курыт школым и унафэщI Нартокъуэ Беслъэн. Ар цIыкIухэм щехъуэхъум къыхигъэщащ: «Фи мурадхэр гъэзэщIа зэрыхъуныр зэлъытар фи закъуэщ. Фхэлъ жыджэрагъыр, тегушхуэныгъэр япэкIэ фыкIуэтэнымкIэ сэбэп фхуэхъунущ. Фи псэкIэ нэхъ фызыхущIэкъу гъуэгур къыхэфхыну икIи фи зэфIэкIымрэ зэхэщIыкIымрэ нэгъэсауэ абы къыщывгъэнаIуэу фрикIуэну си гуапэщ». Атестатыр зритыж ныбжьыщIэхэм я гъусэу Нартокъуэм утыкум къригъэблагъэрт абыхэм я адэ-анэхэри. Илъэс II-м къриубыдэу еджакIуэ къэскIэ ядилъэгъуа IуэхуфIхэр, яхилъэгъуа хьэл дахэхэр къызыхэщ щытхъу псалъэхэр яхужиIэурэ дэфтэрыр яритыжащ. ГуфIэгъуэ Iуэхур я уэрэдхэмкIэ, къафэхэмкIэ, теплъэгъуэ гъэщIэгъуэнхэмкIэ ягъэдэхащ еджапIэм щIэс ныбжьыщIэ цIыкIухэм. КУРПЫГЪУ Синэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "556.txt" }
Дунейм щыхъыбархэр Гъуэгухэм шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщыным сэбэп хуэхъуркъым Рулым дэс куэд иужьрей зэманым игъэтхьэусыхэ хъуащ гъуэгу Iуфэ чыцэхэм хагъапщкIуэ видеокамерэхэм. Апхуэдэ Iэмэпсымэ «щхьэзыфIэфIхэм» трахахэр ГИБДД-м ягъэхьри, цIыхухэм къуэды зэрытралъхьэм щыхьэт техъуэ дэфтэрхэр къахуокIуэ. Апхуэдэхэм цIыхубэр ауаныщIу «насып тхылъкIэ» йоджэ. Камерэ «щэхухэр» адэкIэ-мыдэкIэ зэрыщагъэувыр гъуэгум шынагъуэншэу щызекIуэным ехьэлIауэ къэралым щыIэ хабзэхэм зэрыпэщIэуэр къыхагъэщу, цIыху куэд социальнэ сетхэмкIэ зэхуотхэ. Абыхэм зэIэпах хъыбархэр, шэч хэмылъу, нос къэрал къулыкъущIапIэхэми, а тхьэусыхафэхэр зыхуэфащэ унафэщIхэми я стIолхэм къытохутэ. Иджы а Iуэхум щыгъуазэ хъуащ къэралым и Президентри. Путин Владимир дыгъуасэ иригъэкIуэкIащ Автомобиль гъуэгухэм зегъэужьынымрэ абыхэм шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщынымкIэ къэрал советым и зи чэзу зэIущIэр. УФ-м и УнафэщIым абы гулъытэ щхьэхуэ щыхуищIащ автомашинэр зезыгъакIуэхэм къуэды ятелъхьэным къыхуагъэсэбэп камерэхэр гъуэгубгъухэм щагъэпщкIуныр къызэремызэгъым. Псом хуэмыдэу апхуэдэ камерэхэр щыбгъэув хъунукъым гъуэгум и Iыхьэ нэхъ гугъусыгъухэм. «Камерэхэр гъэувыныр зыхуэунэтIар къэхъукъащIэ къызэрымыкIуэхэр гъуэгухэм щыгъэмэщIэнырщ, апхуэдэхэм цIыхуу хэкIуадэм, фэбжь хэзыххэм я бжыгъэр хэпщIыкIыу егъэхынырщ. Гъуэгухэм кIэлъыплъ Iэмэпсымэхэр зыхуэлажьэр цIыхухэм я гъащIэр хъумэнырщ, армыхъумэ, машинэхэр зезыгъакIуэхэм къуэдыхэр «ятекъуэныркъым», - къыхигъэщащ Путиным. - Автомашинэхэм дэсхэр хабзэм тету зекIуэным хуэгъэсэным, абы къыхуеджэным и пIэкIэ, апхуэдэ камерэхэр ахъшэ къыхэхыным нэхъ тегъэпсыхьа мэхъу. Дэ а IэнатIэм дызыхуейр щызэдгъэхъулIэнымкIэ Iэмалу щытын хуейуэ аращ камерэхэр». Путин Владимир зыхуэфащэ къулыкъущIэхэм къалэн ящищIащ а Iуэхум нэхъ куууэ щыгъуазэ защIу, унафэ тэмэм тращIыхьыну. Ар Кремлым и мызакъуэу, къэралым и щIыпIэ псоми щызэхахын зэрыхуейри къыхигъэщащ. А зэIущIэ дыдэм гъэщIэгъуэну къыщыпсэлъащ ЛДПР-м и унафэщI Жириновский Владимир. Абы къыхилъхьащ Москва къалэмрэ Москва областымрэ, Ленинград областымрэ Санкт-Петербург къалэмрэ зэгуэгъэхьэным теухуа жэрдэм. «Къэралым и щIыналъэхэр зэхэгъэхьэн хуейщ. ЩIыналъэ 85-р куэдыIуэщ. ЦIыху мелуан тхурытху зэрыс губерние 40 пщIымэ, къэралым унафэ хуэпщIыныр нэхъ тынш хъунущ. Москварэ областымрэ - ар сыт хуэдэ щIыналъэ? Ар зы щIыналъэщ зэрыхъур. Санкт-Петербург и цIэри урысыбзэкIэ зэхъуэкIыжын хуейщ - Петроград жыIауэ икIи ари областым хэгъэхьэжыпхъэщ», - жиIащ Жириновскэм. ЩIыналъэхэр зэхэгъэхьэжыныр гъуэгухэр ухуэным зэрепхами и гугъу ищIащ политикым. «Дауэ гъуэгухэр зэрыбухуэнур, километрищэ къызэбнэкIа иужькIэ субъектыр иухмэ? АдэкIэ нэгъуэщI щIыналъэщ, апхуэдэу щыщыткIи - нэгъуэщI бюджетщ. Абыи гугъуехьхэр къешэ», - къыхигъэщащ партым и унафэщIым. Дуней псом щынэхъ ин дыдэ Байкал гуэлым и щытыкIэр къапщытэ Байкал гуэлым и псыр и куупIэм деж къыщибгъахъуэмэ, ар, нэхъапэм зэрыщытам хуэдэу, къабзэ дыдэщ. Апхуэдэу жиIащ Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и академием псы Iуэхухэм япыщIауэ щыIэ гугъуехьхэр джынымкIэ и институтым и щIэныгъэ унафэщI Данилов-Данилян Виктор. Байкал теухуа къэпщытэныгъэхэр ирагъэкIуэкIын хуей хъуат РАН-м и Сыбыр къудамэм хыхьэ институтхэм ящыщ зым и унафэщI Федотов Андрей, Урысейм ипсхэм я щытыкIэм теухуа къэрал зэхуэсышхуэм гуэлым и псыр зэрауфIейм теухуауэ щыжиIахэм яужькIэ. Гуэлым и чэнжыпIэхэм деж хьэндыркъуакъуэцIэнлъ куэд зэрыхищIам игъэпIейтейрт институтым и Iэтащхьэр икIи къилъытэрт ар псым егуэуэну. ЩытыкIэр и нэIэ щIигъэуващ РАН-м икIи ирагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм къагъэлъэгъуахэр хэIущIыIу ящIащ. Данилов-Данилян зэхуэсым кърихьэлIахэр щыгъуазэ ищIащ нэхъ фIей хъуар гуэлым и псыр щынэхъ чэнж щIыпIэхэрауэ зэрыщытым. Метр 20 кууагъым деж къыщибгъахъуэ псыр зэрыкъабзабзэр икIи абы уефэ зэрыхъунур. ЩIэныгъэлIым зэрыжиIамкIэ, уеблэмэ псыр абдежым апхуэдизкIэ щыкъабзэщи, абыи куэдрэ уефэ хъунукъым, сыту жыпIэмэ абы цIыхум и Iэпкълъэпкъыр зыхуэныкъуэ минеральнэ шыгъухэр хэлъкъым. «Дуней псом щынэхъ ин икIи щынэхъ куу дыдэ Байкал гуэлым езым иджыри зегъэкъэбзэжыф, ар илъэс мелуан бжыгъэ хъуауэ зэрищIым хуэдэу», - къыхигъэщащ Данилов-Даниляным. Нобэ ♦Адыгэ Республикэм и къэрал суверенитетым теухуа Декларацэр къыщащта махуэщ ♦Украинэм и Конституцэм и махуэщ. 1996 гъэм Украинэм и Радэ Нэхъыщхьэм зы жэщым къриубыдэу къищтауэ щытащ къэралым и КонституцэщIэр. ♦Къэзахъстаным щагъэлъапIэ связымрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмрэ я лэжьакIуэхэм я махуэр ♦1779 гъэм пащтыхь гуащэ Екатеринэ ЕтIуанэм къыдигъэкIащ Москва псы зэрыкIуэ бжьамийхэр укъуэдииным теухуа унафэ. А лэжьыгъэр илъэс 25-кIэ екIуэкIащ. ♦1912 гъэм Урысейм къыщызэрагъэпэщыжащ зэзыгъэкIуж судыщIэхэм я къулыкъухэр. А IуэхущIапIэр 1889 гъэм зэхуащIыжауэ щытат. ♦1914 гъэм Сараевэ (Босние) щаукIащ Австрием и эрцгерцог Фердинанд Франц. Япэ дунейпсо зауэр къэхъеиныр къызыхэкIари аращ. ♦1919 гъэм Франджым щыIэ Версаль уардэунэм Iэ щытрадзащ Япэ дунейпсо зауэр зэриухам щыхьэт техъуэ дэфтэр нэхъыщхьэм - мамырыгъэ зэгурыIуэныгъэм. ♦1919 гъэм Лъэпкъхэм я Лигэ къызэрагъэпэщащ. ♦1933 гъэм Москва щыщIадзащ абы цыджанхэр дэгъэIэпхъукIыным пыщIа Iуэхум. Апхуэдэ щIыкIэкIэ, къалащхьэм дашауэ щытащ а лъэпкъым щыщ цIыху 5470-рэ. ♦1941 гъэм нэмыцэ-фашистыдзэхэм Белоруссием и къалащхьэ Минск яубыдащ. Ар бийм иIыгъащ 1944 гъэм бадзэуэгъуэм и 3 пщIондэ. ♦1944 гъэм фашистхэм къыIэщIагъэкIыжащ Петрозаводск къалэр - а зэманым Карел-Фин ССР-ру щытам и щыхьэрыр. ♦1946 гъэм Горький къалэм дэт заводым къыщыщIагъэкIыу щIадзащ ГАЗ М-20 «Победа» автомобиль псынщIэр. ♦1948 гъэм Архитекторхэм я дунейпсо зэгухьэныгъэр къызэрагъэпэщащ. ♦1991 гъэм Будапешт щекIуэкIа зэIущIэм къыщащта унафэм ипкъ иткIэ зэбграутIыпщыкIыжащ Экономикэм щызэдэлэжьэнымкIэ советыр (СЭВ), 1949 гъэм къыщыщIэдзауэ лэжьар. ♦1798 гъэм къалъхуащ Iуащхьэмахуэ бгым япэ дыдэу дэкIа адыгэлI Хьэшыр Чылар. ♦1712 гъэм къалъхуащ франджым щыщ тхакIуэ, философ Жан-Жак Руссо. ♦1944 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, щIэныгъэлI, генеалогиемкIэ дунейпсо академиеми (Париж) ЩIДАА-ми я член-корреспондент Махъсидэ Анатолий. ♦1948 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, журналист, режиссёр, УФ-м и Къэрал саугъэтыр зрата Бодров Сергей. ♦1949 гъэм къалъхуащ урысей актёр, режиссёр, усакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, УФ-м и цIыхубэ артист Панкратов-Черный Александр. ♦1955 гъэм къалъхуащ совет спортсмен, Олимп Джэгухэм лыжэкIэ къызэдэжэнымкIэ плIэнейрэ я чемпион хъуа, СССР-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер Зимятов Николай. ♦1985 гъэм къалъхуащ урысей спортсменкэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, Урысейм художественнэ гимнастикэ спорт лIэужьыгъуэмкIэ щIыхь зиIэ и мастер, дунейпсо зэпеуэ куэдым щытекIуа Утяшевэ Ляйсан. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, пIалъэ-пIалъэкIэрэ уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 28 - 29-рэ, жэщым градус 19 - 20 щыхъунущ. Лъэпкъ Iущыгъэ: ГуемыIу хъыбарыр щIэх зэлъащIыс. Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "557.txt" }
Убых хъыжьэ Къаплъэн Хьэмид XIX лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм щыщIэдзауэ Уэсмэн къэралыгъуэм къыщыхута адыгэхэр къуажэ щхьэхуэу тIысхэрт, я бзэ, хабзэ, я зэхэтыкIэ яхъумэфын папщIэ. Гуауэр зэдагуэшырт, гуфIэгъуэр зэдаIэтырт. Дауэдапщэхэм сыт щыгъуи хэтт адыгэм игъащIэ лъандэрэ къыдекIуэкI шыгъажэмрэ бэнэкIэ зэмылIэужьыгъуэхэмрэ. Апхуэдэ зэхьэзэхуэхэр щIэдзапIэ хуэхъуащ Олимп джэгухэми дуней псоми я чемпион, абыхэм я медаль лIэужьыгъуэ псори зыIэрызыгъэхьа Къаплъэн (Ущхъуэ) Хьэмид. Тыркум хыхьэ Хьэмэмозю щIыпIэм щетIысэха Ущхъуэхэ я убых унагъуэм 1934 гъэм фокIадэм (сентябрым) и 20-м къыщалъхуащ адыгэ псори иужькIэ дызэрыгушхуа Хьэмид. Тырку унэцIэу абы зэрихьащ Къаплэныр икIи апхуэдэущ цIэрыIуэ зэрыхъуари. МащIэт зыщIэр ар ди лъэпкъэгъуу. ИужькIэщ, къэрал гъунапкъэхэр нэхъ зыIуахыу, щхьэж зыщыщыр къиулъэпхъэщыж щыхъуаращ, убых хъыжьэм и хъыбар Хэкужьым къыщысар. ЩIалэ дыдэу Хьэмид бэнэкIэ хуитым хыхьащ. Абы ирихьэлIэу лъэпкъ бэнэкIэм хуабжьу хуэIэзэ хъуат икIи текIуэныгъэ куэд зыIэригъэхьат. Езыр лъагэт, бжьыфIэт, къарут икIи, алэрыбгъум хуабжьу щыерыщти, игъэкIуэтыгъуейт. И ныбжьыр илъэс тIощIым иту Тыркум и командэ къыхэхам хагъэхьащ. Абы ухэхуэну хуабжьу гугъут, ди лъэпкъэгъу Олимп чемпион Догу (ГъукIэ) Яшар я пашэу бэнакIуэ лъэщ куэд щызэхуэсати. АрщхьэкIэ Хьэмид абыхэм фIы дыдэу яхэзэгъащ. Нэхъыжьхэм ар бэнэкIэ Iэмал гъуэзэджэхэм хуагъэсащ икIи текIуэныгъэ инхэм трагъэгушхуащ. Къаплъэн (Ущхъуэ) Хьэмид Тыркум и командэ къыхэхам щыхагъэхьам ирихьэлIэу абы и бэнакIуэхэр дунейпсо утыкум мащIэу къыщрагъэкIуэтат икIи тепщэныгъэр IэщIахат. Убых щIалэщIэр ящыщт ар зэфIэзыгъэувэжыну зыщыгугъхэм. ИкIи 1955 гъэм къэралым и чемпион щыхъуам зыгъэщIэгъуар мащIэщ, ящIэрт Хьэмид Iуэхугъуэшхуэхэм къызэрыхуигъэщIар. АрщхьэкIэ, щIэх-щIэхыурэ зэхьэзэхуэ инхэм ягъакIуэурэ, и зэфIэкIыр къапщытэрт. Даниеми, Польшэми, Швециеми, Иранми щытекIуауэ абы къигъэзэжащ. ИтIанэщ Къаплъэн (Ущхъуэ) Хьэмид щыжраIар Австралием и Мельбурн къалэм щызэхэтыну XVI Олимп джэгухэм зыхуигъэхьэзырыну. Дэтхэнэ зы спортсменми хуэдэу, апхуэдэ зэхьэзэхуэ иным хэтыну щIэхъуэпс убых щIалэм нэхъ ерыщыжу зигъасэу хуежьащ. Ар махуэми жэщми алэрыбгъум къытемыкIым хуэдэт, и Iэзагъым хигъэхъуэрэ зэфIэкIым зригъэужьу. 1956 гъэм щэкIуэгъуэм (ноябрым) и 22-м XVI Олимп джэгухэм щIадзащ. Ар къыщызэIуахым Тырку къэралыгъуэм и ныпыр Мельбурн и стадион абрагъуэм щыкIуэцIрихыну пщIэ хуащIащ, гупым я пашэу ягъэува, убых бэнакIуэ ахъырзэман Къаплъэн (Ущхъуэ) Хьэмид. Ар дэтхэнэ спортсменри хуабжьу зыгъэлъапIэ Iуэхугъуэт. Хьэмид алыдж-урым бэнэкIэмкIи бэнэкIэ хуитымкIи Тыркум и командэ къыхэхам хэтт икIи ехъулIэныгъэфIхэр тIуми щиIэт. Къапщтэмэ, Олимпиадэм и пэ къихуэ илъэсым Германием и Карлсруэ къалэм щекIуэкIа алыдж-урым бэнэкIэмкIэ дунейпсо чемпионатым жэз медалыр къыщихьат. БэнэкIэ хуитымкIэ апхуэдэ лъагапIэм нэмысыфами, Къаплъэным и гъэсакIуэ цIэрыIуэ Атик Джелал ар къыхригъэхащ Мельбурн кIуэну зыщагъэхьэзырым. ИкIи щигъэуакъым. Австралием щызэхэта Олимп джэгухэм бэнэкIэ хуитымкIэ килограмм 87-м щIигъу зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм убых щIалэм къыщыпэщIэтащ Совет Союзым икIа Выхристюк, хэгъэрейхэм ящыщ Мичел, Болгарием и лIыкIуэ Мехмедовыр. Дэтхэнэ зыри хъуабжьу лъэрызехьэт икIи Iэзэт. АрщхьэкIэ Олимп лъагапIэр зыхухахар зырат. Ар Къаплъэн (Ущхъуэ) Хьэмидт. Абы и хьэрхуэрэгъу псори лъэныкъуэ иригъэзащ икIи и ефIэкIыныгъэм зыми шэч къытрыригъэхьакъым. Мельбурн и дыщэ медалыр ди лъэпкъэгъум и пщIэнтIэпс хьэлэлкIэ къилэжьащ икIи дэтхэнэ адыгэри дызэрыгушхуэщ. КъыкIэлъыкIуэ илъэсым Истамбыл щекIуэкIа дунейпсо чемпионатми хуабжьу мыхьэнэшхуэ иIэт Къаплъэн (Ущхъуэ) Хьэмид и деж къищынэмыщIауэ, тырку бэнакIуэ псоми я дежкIэ. Австралием щыIа Олимп джэгухэм а спорт лIэужьыгъуэмкIэ бжьыпэр зыубыдыжа щIалэхэм а тепщэныгъэр я Хэкум щыщIагъэбыдэжын хуейт. Армырамэ, иджыри къэс яIа ехъулIэныгъэ псори ящыгъупщэжынурэ, щIым щыщ ящIыжыфынут. Зэхьэзэхуэр зэрекIуэкIым дуней псор кIэлъыплъырт. Тыркум и щIыпIэ куэдым къикIыурэ ар я нэкIэ зрагъэлъагъуну щIэхъуэпсу къызэхуэсырт къулыкъущIэхэр, депутатхэр, хьэрычэтыщIэхэр, цIыху къызэрыгуэкIхэр. Апхуэдизу яфIэхьэлэмэт зэпеуэм къыщыхагъэщIам спортым адэкIэ щищIэжын щыIэтэкъым. Зыми щыгъупщэжатэкъым 1952 гъэм Финляндием и къалащхьэ Хельсинки щекIуэкIа Олимп джэгухэм ещанэ гуп увыпIэм фIэкIа (?!) къыщызымыхьыфа тырку бэнакIуэхэм тезыр ткIий ятелъхьэн хуейуэ, абыхэм лъэпкъым и напэр трахауэ куэдым къызэрагъэувар. Истамбыл щыIа дунейпсо чемпионатым Къаплъэн (Ущхъуэ) Хьэмид хьэрхуэрэгъу къыщыхуэхъуащ ЩIы хъурейм и бэнакIуэ лъэщ пщыкIутху. Абыхэм яхэтт илъэс ипэкIэ Олимпиадэм щыхигъэщIа СССР-м щыщ Выхристюк, Польшэм къикIа Сосновский, Германием и лIыкIуэ Дитрих. Дэтхэнэми и плъапIэр дыщэрат, нэгъуэщIыр зыуи кърадзэртэкъым. Дауи, Истамбыл щекIуэкI зэхьэзэхуэм кIэлъыплъыну къекIуэлIа цIыху минхэр хуабжьу жыджэру Хьэмид къыдэщIырт. Тыркум къыщыдэкI газетхэм ящыщ зым, уеблэмэ итхат: «Ди Къаплъэн Хьэмид псоми яфIэтелъыджэщ. Ар ящыщкъым зэрызелъафэу, зыр адрейм гъэпщкIуауэ хукIэщIэуэу алэрыбгъум тетхэм. Хьэмид и гъэсэныгъэ, зыIыгъыкIэ дахэр зэхьэзэхуэр щекIуэкIкIи нэрылъагъущ. Абы и бэнэкIэм дихьэхыр къыдэщIхэмрэ къыпэщIэтхэмрэ я закъуэкъым, атIэ судьяхэри етхьэкъуфыр, сценэм ит артист цIэрыIуэм и джэгукIэм хуэдэу…» Убых щIалэр къызэрыщыгугъауэ къыщIэкIащ. Выхристюк дригъэкIуэкIа япэ зэIущIэр узыIэпызышэт, зэи имыухыну ущIэхъуэпсу. Хьэмид и совет хьэрхуэрэгъум дахэу ефIэкIащ. Ардыдэр къапэплъэрт иужькIэ абы къыпэувахэу Швейцарием щыщ Видмаррэ поляк абрагъуэ Сосновскэмрэ. Финал ныкъуэм Къаплъэным щыхигъэщIащ Болгарием къикIа Мехмедовыр. Ар къабзэу тридзэри, дыщэм щыщIэбэныну кIэух Iыхьэм кIуащ. Абы къыщыпэщIэуващ нэмыцэ пелуан Дитрих. Къаплъэн (Ущхъуэ) Хьэмид и зэфIэкI лъагэмрэ Iэзагъ инымрэ финалым къыщигъэлъэгъуащ. Аращ дыщэ медалыр зыIэригъэхьэу Олимп чемпионыгъэм ЩIы хъурейм зэрынэхъ лъэщыр щIыщIигъужыфари. Зэхьэзэхуэр щекIуэкI спорт уардэунэм и щхьэр трачыным хуэдэу кърихьэлIахэр зэрыгъэкIийт, дэрэжэгъуэм зэщIищтауэ. Хьэмид и текIуэныгъэм лъэпкъ, къэрал мыхьэнэшхуэ иратат. Тыркум и премьер-министрыр щыту убых щIалэм Iэгу хуеуэрт, цIыхубэм я гухэхъуэр гъунапкъэншэт. ИужькIэ ди лъэпкъэгъум фIащащ «тырку къаплъэн» цIэр икIи нобэми абыкIэ куэдым къацIыху. Къаплъэнымрэ Дитрихрэ ирагъэкIуэкIа финал зэIущIэр киноплёнкэхэм тетхауэ дуней псом щызэбгырыкIащ. Абы къыщагъэлъэгъуа бэнэкIэ пэрытым тету иужькIэ спортсмен куэдым загъэхьэзыращ икIи ехъулIэныгъэ инхэр зыIэрагъэхьащ. Хьэмид и хьэрхуэрэгъухэми ар къагъэсэбэпащ: къытрагъэзэжурэ еплъурэ зэпкърахащ алэрыбгъум зэрыщызиIыгъыр, къигъэсэбэп Iэмалхэр икIи зэрыпэщIэтыфыну щIыкIэхэр яубзыхуащ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, Къаплъэн (Ущхъуэ) Хьэмид и гъэсакIуэхэм яхузэфIэкIакъым абы и бэнэкIэм щIэщыгъуагъ халъхьэну икIи абы и зэранкIэ чемпионыгъэм афэкIа зэи нэсыжыфакъым, Средиземнэ тенджыз Iуфэм Iусхэм я зэхьэзэхуэм бэнэкIэ хуитымкIи алыдж-урым бэнэкIэмкIи 1959 гъэм зэрыщытекIуар къыумылъытэмэ. Тегеран щекIуэкIырт зи чэзу дунейпсо чемпионат. Хэгъэрей персхэм я дежкIэ спорт бэнэкIэр лъэпкъ мыхьэнэ зиIэщ икIи 1959 гъэм дзыхь къыхуащIа зэхьэзэхуэр егугъуу къызэрагъэпэщащ, я пщэ къыдэхуэ жэуаплыныгъэ иныр куууэ зыхащIэу. Килограмм 87-м щIигъухэм я деж текIуэныгъэр псоми зыхуагъэфащэр дунейми Олимп джэгухэми я чемпион Къаплъэн (Ущхъуэ) Хьэмидт. АрщхьэкIэ абы и бэнэкIэр куэдым лъэныкъуэ псомкIи зэпкърахауэ къыщIэкIащ икIи зэрыпэщIэтыфыну Iэмалхэр къызыгупсысаи щыIэт. Хьэрхуэрэгъу лъэщу къыхукъуэкIат Болгарием икIа Ахмедовыр, совет бэнакIуэ щIалэщIэ Дзарасовыр, хэгъэрейхэм ящыщ Шурвази. Апхуэдэу щыт пэтми, Хьэмид къыпэщIэувахэр хигъэщIащ икIи Дзарасовымрэ абырэ зэрытемыгъэкIуами, финалым кIуащ. КIэух зэIущIэм нэсащ Ахмедоври. Болгарием и щIыхьыр зыхъумэ щIалэм иужь илъэситIым хэхауэ зыхуигъэхьэзырат убых бэнакIуэм зэрыIущIэнум. АбыкIэ хуабжьу сэбэп къыхуэхъуащ 1957 гъэм Истамбыл щекIуэкIа дунейпсо чемпионатым Къаплъэнымрэ Дитрихрэ щрагъэкIуэкIа финалым траха киноплёнкэхэр. Ахмедовымрэ и гъэсакIуэхэмрэ къытрагъэзэжурэ ар зэпкърахащ икIи Хьэмид зэрыпэщIэтыну Iэмалыр къагъуэтащ. Тегеран щыIа кIэух зэIущIэм Болгарием икIар щытекIуащ. Ди лъэпкъэгъум къылъысар дыжьынращ. Апхуэдэу щыт пэтми, Къаплъэн (Ущхъуэ) Хьэмид и къару илъыгъуэт, куэд зэрыхузэфIэкIынури наIуэт. Италием и къалащхьэ Рим 1960 гъэм иужькIэ щекIуэкIа Олимп джэгухэм къыщыхэжаныкIахэм ящыщ зыщ ар. Иджыри и хьэрхуэрэгъу нэхъыщхьэхэр нэхъапэм ерыщу къыпэщIэта Ахмедовыр, Дзарасовыр, Дитрих сымэт. Зэхьэзэхуэм и кIэухым белджылы хъуащ дыщэм хэт щIэбэнынуми. Ахэр Къаплъэныр, Дзарасовыр, Дитрих сымэт. НэхъыфIхэм яхэхуатэкъым Хьэмид дунейпсо зэпеуэм къыщыхэзыгъэщIа Ахмедовыр. Абы щыгъуэм кIэух зэIущIэм бэнакIуищ хэту щытащ икIи зыр адрейм зэрыпэщIэтам кърикIуахэр зэхалъхьэжырти, увыпIэ нэхъыфIищыр ягуэшырт. Финалым и япэ зэпэщIэтыныгъэм Къаплъэным Дитрих хигъэщIащ, арщхьэкIэ ди лъэпкъэгъум Дзарасовыр балл бжыгъэхэмкIэ къытекIуащ. Совет бэнакIуэмрэ нэмыцэмрэ я зэIущIэм елъытат Хьэмид къылъысыну увыпIэр. Ди жагъуэ зэрыхъущи, Дитрих Дзарасовыр къабзэу тридзащ икIи Олимп лъагапIэр къылъысащ. Къаплъэн (Ущхъуэ) Хьэмид етIуанэ, Дзарасовыр ещанэ хъуащ. КъыкIэлъыкIуэ илъэсым Японием щекIуэкIа дунейпсо чемпионатми убых щIалэр дыщэм щылъэIэсакъым икIи аргуэру дыжьынымкIэ арэзы хъун хуей хъуащ. Ар икIэм-икIэжым къыхигъэщIащ иджыри къэс сыт щыгъуи зытекIуа Дитрих. АдэкIэ «жэз лъэхъэнэм» щIидзащ. Къаплъэн (Ущхъуэ) Хьэмид ещанэ увыпIэхэр къыщихьащ бэнэкIэ хуитымкIи алыдж-урым бэнэкIэмкIи 1963 гъэм зыхэта дунейпсо чемпионатхэм. Иужь кIэух дамыгъэр щигъэувыжащ къыкIэлъыкIуэ илъэсым Токио щекIуэкIа Олимп джэгухэм. Абы ирихьэлIэу зи ныбжьыр илъэс щэщIым щIигъуа бэнакIуэм хузэфIэкIащ ещанэ увыпIэр зыIэригъэхьэн. АдэкIэ зигъэпсэхуми хъунут. Олимп джэгухэми дунейпсо чемпионатхэми я медаль лIэужьыгъуэ псори зыхуагъэфэща Къаплъэн (Ущхъуэ) Хьэмид спортым и вагъуэ нэхъ цIухэм ящыщ зыуэ бэнэныр щигъэтащ. Илъэс 41-т абы мы дунейм къыщигъэщIэну хухихар. 1976 гъэм щIышылэм (январым) и 5-м ар автомобиль зэжьэхэуэм хэкIуэдащ икIи щалъхуа Хьэмэмозю щыщIалъхьэжащ. Абы и цIэр фIащащ а щIыпIэм щаухуа спорткомплекс инымрэ Амазье щыIэ бэнакIуэхэр щагъасэ уардэунэмрэ. ЖЫЛАСЭ Заурбэч.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "558.txt" }
Зэхыхьэ гукъинэж Кэнжэ къуажэм ищхъэрэкIэ къыпэщылъ губгъуэм Мамийхэ я лъэпкъ зэхуэс зэрыщрагъэкIуэ­кIы­нум и хъыбарым нэхъ пасэу щыгъуазэ сыхуи­щIат «Адыгэ псалъэ» газетым и унафэщI, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэ­мэд. Мыпхуэдэу зы­къыс­хуигъэзат Мухьэ­мэд: «Кэнжэ дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм и унафэщI Мамий Заретэрэ ди республикэм фIы­уэ къыщацIыху, макъамэтх, уэрэджыIакIуэ Iэзэ Мамий Аслъэнрэ телефонкIэ запыщIи, уэ лъэпкъ зэхуэс куэдым ущыIащ, ахэр зэрырагъэкIуэкI щIы­кIэм фIыуэ ущыгъуазэщи, уи чэнджэщ ехьэлIэ», - жиIэри. Апхуэдэу зы­зэпыт­щIэу дызэпсэлъа нэужькIэ, сэ хьэкъ сщыхъуащ Ма­мийхэ я лъэпкъ зэхуэсыр икъукIэ екIуу зэрырагъэкIуэкIынур икIи абы сакъы­хэхутэныр, зыщысплъы­хьы­ныр си плъа­­пIэ ­хъуат, а Iуэхур къет­хэкIы­жы­ныр си пщэ къыдамылъхьэу, нэ­гъуэщI корреспондент ирагъэувэлIэнкIэ зэрыхъунуми тIэкIу сри­гу­завэу хуе­жьат. АрщхьэкIэ, зи гугъу тщIы зэхыхьэр къыщыблагъэм, ХьэфIыцIэ Мухьэмэд сриджэри, Мамийхэ я зэхуэсыр зэрекIуэкIа-сытхэр тхыжы­ныр къызэрыстригъахуэр къызжиIащ, уеблэмэ езыри назэрыхыхьэнур къыхигъэщащ. Арати, тхьэмахуэ махуэр, Мамийхэ я лIакъуэр щы­зэхы­хьэр, къэблэгъащ. Гъуэгум сыздытетым ЩыщIидзэ дакъикъэм сы­нэмысмэ емыкIуу къэслъытэрти, машинэ цIыкIум зиздзэри сыщIэпхъуащ. Кэнжэ къуажэкIэм сыблэжауэ, Щхьэлыкъуэрэ Каменкэрэ я зэхуаку дэлъ ­гъуэгу зэхэкIыпIэр си гъуа­зэу сыздэкIуэм, адыгэ фащэ екIукIэ зэщыхуэпыкIа шууитI къызэрысхуэжэм гу лъыстащ. Абдеж сигу къэ­кIащ: «Губгъуэм сищ­хьэ­рыухьу сит нэхърэ, щIалэхэм сеупщIынщ» жысIэ­ри икIи нэхъ хуэм зысщIащ. ШууитIыр къыщыблэгъапэм, зыкъызэкъуэсхащ. - Мамийхэ я лъэпкъ зэхуэсра фыздэкIуэр? - АтIэ! - Дэнэ дежу пIэрэ щекIуэ­кIыр? - Ди яужь иту накIуэ! - жаIащ абыхэм. Сыздэжэм солъагъу щIалитIым здрагъэзыха уэхымкIэ нэгъуэщI машинэхэри зэкIэлъхьэужьрэ зэкIэлъы­пIащIэу зэрежэхыр. Аддэ жыжьэу жьым дэхуарзэу къыщыбыб бэракъ щхъуэ­кIэплъыкIэхэри зи щхьэр лъагэу Iэта пщыIэ абра­гъуэхэри щыхьэт техъуэрт абдеж зи гуфIэгъуэр зыгъэлъэпIэну цIыхухэр зэры­щызэхуэсым. Дыгъэ гуащIэмрэ макъамэ екIумрэ Фермэ къагъэщIэрэщIэжам и гупэм деж иIэ щIы IэнэщIышхуэм зэпэплIимэу къраIулIэкIа пхъэшыкъумкIэ къыпагъэлеикIа «пщIантIэми» абы къегъэщIылIа Iэгъуэблагъэми щызэхэзекIуэ цIыхухэр апхуэдизкIэ нэжэгужэт, зы гуфIэгъуэшхуэ гуэрым къызэщIиIэтэм хуэ­дэ­ти, зыхэсщIащ къэслъыхъуам сакъызэрыхэхутар. Лъэпкъ зэхыхьэм и зэ­хэублакIуэ нэхъыщхьэхэм ящыщ, абы ипэкIэ телефонкIэ сызэпсэлъа Мамийхэ Заретэрэ Аслъэнрэ сыщылъыхъуэм, гу лъызотэ утыкуш­хуэм ипщэкIэ щыIэ и нэзым щызэщIаIэта пщыIэ абра­гъуэхэм я лъабжьэхэм бы­сымхэри хьэщIэхэри зэры­щы­зэIущIэм, фIэхъус-сэ­ламхэр зэрыщызэрахым. Си щхьэкIэ зэхуэсым и щIэдзэгъуэ-и гуащIэгъуэм сызэрыхэмыкIыжам сыщыгуфIыкIащ. Сыщы­щIэуп­щIэм, Зарети сагъэлъэ­гъуащ. Ар адэкIэ-мыдэкIэ щыIэбэ и Iыхьлыхэм ябгъэ­дыхьэрти, зыгуэрхэр яж­ри­Iэурэ къыIукIыжырт, мыд­рейхэм яхыхьэрти, япсэ­лъылIэрт. «Ауэ щыхъукIи, зыхуэзгъазэу щхьэ зэран сыхъун хуей, зыкъезгъэлъагъун къудей папщIэ?» жысIэри, журналист Iуэху­хэм яужь сихьэжащ: сурэттехыр, къалэмымрэ тхы­лъымпIэ кIапэмрэ къэзгъэ­хьэзыращ. Махуэм и зыкъэIэты­гъуэ­рэ дунейм и щIэрэщIэгъуэу мы щIыпIэм ды­щызрихьэлIа гъэмахуэкум цIыхухэм закъыхуигъазэ хуэ­дэт: «Сэщ­хьу, зыщыфIэти дыгъэпсми зыщыхэв­гъапскIэ, щIыуэпсми фыщы­хэ­сыхь!» - къажриIэурэ. МэкъупIэ зэщIэгъэкъэбзар, дыгъэр гуащIэу зы­хэпсар, удз гъужам и мэ гуа­кIуэмкIэ къытIущIащ. Ма­къамэ дахэр къызэрыIуу, пщIантIэку гъуафэм и лъэныкъуитIымкIи зэуэ щы­зэхэуващ адыгэ фащэ екIухэмкIэ зэщыхуэпыкIа щауэхэмрэ пщащэхэмрэ, я щыгъын дахэхэр уафэгум кърих нурыбэм пэцIуужрэ зэщIэлыдыжу. Абыхэм хьэ­щIэхэмрэ бысымхэмрэ пэIущIэ пежьэ хуащIу арат. Зыр хьэтиякIуэу, адрейм ажэгъафэ теплъэ иIэу щIалитI утыкум къохьэ. Япэ­рейм пщащэхэм ящыщ зыр къыдешри, макъамэм де­кIуу къегъэудж. Ар дешэж­ри, етIуанэу къытригъэхьа хъыджэбзыр пэщыт щIалэм къыдегъафэ. ПщIантIэкум щекIуэкI­хэм я мыхьэнэри, езы тхьэ­лъэIу-зэ­хыхьэм зэрыщIидзари къы­­зэхуэсахэм къыгура­гъаIуэ зэхыхьэм и курыхыр къы­зэIузыха ныбжьыщIэхэу Мамий Казбекрэ Тхьэлыджокъуэ Сюзаннэрэ. Жы­пIэ­нурамэ, а тIум а махуэм лъэкI къагъэнакъым концертрэ ­хъуэхъу щIыкIэу зэ­хэухуэна теплъэгъуэхэр екIуу зэкIэлъа­гъэкIуэнымкIи къэпсэлъапIэм къихьэ­хэм гуапагъэ хэ­лъу яхущы­тынымкIи. Лъэпкъым я нэхъыжь Мамий Борис хъуэхъуа иужь­кIэ, дин Iуэхухэм хуеджа Мамий Ахьмэд къызыхэкIа я лIакъуэм щыщу дунейм ехыжахэм папщIэ дыуэ яригъэщIащ къызэхуэсахэм. ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Му­хьэ­мэд, композитор Хьэ­Iупэ ДжэбрэIил, тхыдэдж Бейтыгъуэн Сэфарбий, «Эльб­рус» тхылъ тедзапIэм и унафэщI, усакIуэ Ацкъан Руслан, тхакIуэ Джэрыджэ Арсен, лъэпкъым и нэхъыжь Мамий Борис, Иорданием ­къикIа Дзыгъуэнэ Хьэний, Кэнжэ къуажэ ад­ми­нистрацэм и тхьэмадэ Пщы­нокъуэ Олег, жылэдэс нэ­х­ъы­жьыфI­хэм ящыщу Унэ­жо­къуэ Борис, ЖьэкIэ­мыхъу Борис, ЛIуп Владимир сы­мэ, нэгъуэщIхэри. Зэхыхьэм и етIуанэ Iыхьэ­ри нэгузыужьт. ПщIантIэм и зы плIанэпэм къыщызэ­Iуаха гъэлъэгъуэныгъэм, адыгэм ижькIэрэ къыде­кIуэкIыу щыта Iэмэпсымэ­хэр здыщ­рагъэувэкIам, бзылъ­­хугъэхэмрэ ныбжьы­щIэ­хэмрэ ирагъэблэгъащ. ЛIэ­щIыгъуэ блэкIахэм я Iэужь лъапIэу нэри пэри зыхь хьэпшып гъэщIэ­гъуэн­хэр зищIысым, абы­хэмкIэ ягъэзащIэу щыта лэ­жьыгъэхэм жьэнахуэу теп­сэлъыхьащ Мамийхэ я тхьэлъэIу-зэ­хыхьэм къахуе­блэгъа, и кIыхьагъкIи къа­дыхэта этнограф ЦIыпIынэ Идар. Мамийхэ я тхыдэм щыщ напэкIуэцIхэр Мамийхэ я лIакъуэр Къэ­бэрдейм къызэрыщы­хутауэ щыта щIыкIэм, иужькIи зэрызыщаужьам къы­зэ­хуэ­сахэр щыгъуазэ ­хуа­щIащ Мамийхэ Заретэрэ Аслъэнрэ. Кэнжэ дэс унагъуэ 76-ри, Тэрч щIыналъэм хыхьэ Дей къуажэм щыпсэу унагъуи 7-ри, Бейтыгъуэн Сэфарбий «Кабарда в фамилиях» и тхылъ гъэщIэгъуэным зэритымкIи ижькIэрэ Мамийхэ къадекIуэкI хъыбархэм къы­зэ­ры­хэщыжымкIи, къы­зы­тепщIыкIыжар Мухьэрбэч и къуэхэу Исуфрэ Исхьэкъ­рэщ (мыхэр бжьэдыгъу адыгэ лъэпкъым къыхэкIахэщ, иджырей Усть-Лабинск къалэр здэщыт щIыпIэм пэгъунэгъуу щыпсэуахэщ). Урыс-Кавказ зауэр и кIэм щынэблагъэм зэхэзехуэн ящIа адыгэ лIакъуэхэм я щхьэр здахьын ямыщIэу, хэти бгы гъуанэхэм зыда­гъапщкIуэрт, мыдрейхэм я нэхъыбапIэми Тыркур я плъа­­пIэт. Урыс офицер зыIэщIэукIа Исхьэкъи и лъахэр ибгынэн хуей хъуащ. Ауэ, Тыркум кIуэну зызыгъэхьэзыра адрей и къуэшхэм ядимыIыгъыу, КъэбэрдеймкIэ къиунэтIащ. И къуэш нэхъыщIэ Исуфт и ужь къиувари, а тIур Псыхуабэ деж щызэ­рихьэлIэжащ. Еша-елIауэ къыздэкIуэхэм, «Шыпш- хьэб­лэкIэ» зэджэу щытам деж тIэкIу зыщагъэпсэхуну щетIысэхащ. Хъыбарым къызэры­хэ­щыжымкIэ, къыздэщыхута щIыпIэм и дахагъэмрэ щып­сэу цIыхухэм я гу къабзагъэмрэ дахьэхри, Исуф абдежым къыщынащ, иужькIи унагъуи щыхъужащ. Ауэ Исхьэкъ Къэбэрдей щIыналъэм нэхъри кIуэцIрыкIащ. Махуэ зыбжанэ дэкIри, Псыдахэ жылэ цIыкIум деж къыщыхутащ (а лъэхъэнэм а къуажэр Къэбэрдейм хыхьэу щытащ, иджы Ингуш (Мышкъыш) Республикэм и щIыналъэм итщ, «Пседах» цIэр зэрихьэу). Исхьэкъ а щIыпIэм Хьэ­мыкъуэ зэкъуэшхэр бысым къыщыхуэхъуащ, ахэр ныбжьэгъу къищIащ. Зэман дэкIри, я шыпхъур щхьэ­гъусэу къишащ. А тIум бынитI зэдагъуэтауэ (щIалэм Джэ­рий, хъыджэбзым Даухъан фIащат), и къуэр илъэс 12 щрикъум, Исхьэкъ дунейм ехыжащ, и ныбжьыр илъэс 50-м иту. Ауэрэ здекIуэкIым, Къэ­бэр­деишхуэм щыщ бзылъ­хугъэ гуэр Псыдахэ дэс и шыпхъум деж хьэщIапIэ ­кIуащ (тIуми я цIэхэр яIэщIэ­гъупщыкIыжащ). Джылахъ­стэней ежьар Исуф благъэ къыхуэхъуахэм ящыщ гуэрти, Исхьэкъ щыщIэуп­щIэм, Iуэхур зытетыр къыж­раIащ: илъэс зыбжанэ ­хъуауэ дунейм зэрехыжари, и бынитIыр я анэ дэлъхухэм зэ­рызрашэлIэжари, я унэ­цIэр къызэрыратари. Абдежым хьэщIапIэ кIуа цIыхубзыр къэгубжьащ, «Ап­хуэдэ лIакъуэцIэ ягъэ­кIуэдыр?!» - жиIэри. Абы сабийхэмрэ я анэмрэ зригъэцIыхуащ, къуа­жэ старшинэм деж ахэр ишэри я унэцIэри къа­рыригъэтыжащ. А лъэхъэнэм урыс пащ­тыхьым и унафэкIэ къуажэ цIыкIухэр зэхагъэхьэжурэ нэхъ инхэр къызэрагъэ­пэщырт. Исуф зыдэса Шыпшхьэбли зэбграгъэIэпхъукIырт. «Дэфтэрхэм къы­зэрыхэщыжымкIэ, 1865 гъэм Шыпш зэкъуэшхэу Мыхьэмэт, Нахъуэ, Умар, Исмэхьил сымэ я гъусэу унагъуэ 40-р Шыпшхьэблэ кърагъэIэпхъукIри, Къуэ­шыркъуей (Кэнжэ) къуажэм къыдагъэтIысхьащ. Абыхэм яхэтащ Мамийхэ Исуф, Iимам, Заурбэч сымэ» (Бейтыгъуэн С. «Кабарда в фамилиях», 77-нэ напэкIуэцI). Джылахъстэнейм хьэ­щIа­пIэ щыIа цIыхубзым ­Исуф и бынунэр щигъэIэпхъуэ лъэхъэнэм ирихьэлIэу къигъэ­зэжати, Исхьэкъ къы­­щIэна и уна­гъуэм и ­хъыбарыр къа­хуихьыжащ. ­Исуф, ­Къуэшыркъуей къуа­жэм дэ­тIыс­хьа иужькIэ, и ­къуэш бынхэр зришэлIэжын мурадыр иIэу, Тэрч адрыщIкIэ кIуауэ щытащ, ар­щхьэкIэ я нысэр, Хьэ­мыкъуэ­хэ я ­пхъур, абы­кIэ къыхутегъэхьакъым (Дей­ къуажэм щыпсэуа Мамий Билал къызэриIуэтэжамкIэ). Мы зэманым Исуф къы­тепщIыкIыжахэр уна­гъуэ 76-м нызэрыхьэсауэ Кэнжэ ­къуажэм щопсэу, Исхьэкъ къытехъукIыжахэр Тэрч щIы­налъэм хыхьэ Дей жы­лэм унагъуи 7 щызэрыгъэхъуауэ дэсщ. ТхьэлъэIу-зэхыхьэм и кIэухым ИщхьэкIэ къызэрыщыхэдгъэщащи, Мамийхэ я лъэпкъ зэхуэсым пасэрей щIыкIэм тету щагъэлъэ­гъуащ адыгэ­хэм куэд щIауэ къыддэгъуэгурыкIуэ хабзэхэм ящыщ зыбжанэ. Ахэр къекIуэлIахэм щIэщыгъуэ ящыхъуащ икIи ягу ирихьащ. Псалъэм папщIэ, хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэр щагъэджэгуа кхъуей­п­лъыжькIэрыщIэм зе­зып­щыта ныбжьыщIэхэм я зэпеуэкIэр апхуэдизкIэ дахэу къызэрагъэпэщати, зы­лъагъу псоми я нэхэр тедиями ярейт. Зэхыхьэр ягъэбжьыфIащ республикэм щыцIэрыIуэ уэрэджыIакIуэхэу Тхьэгъэ­лэдж Светланэ, Хьэкъул Оксанэ, ТхьэкIумащIэ Аслъэн, Хъусин Анзор, Мамий Аслъэн сымэ, нэгъуэщIхэми. Тхыгъэри сурэтхэри КЪУМАХУЭ Аслъэн ейщ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "559.txt" }
Бабаев Ибрэхьим * * * Сэ си гуапэ мэхъур дыгъэм щытрихукIэ пшэхэр уафэм. Хэти хуэдэу, хуабэр сфIэфIщи - зыри пэсщIкъым махуэ уэфIым. Ауэ мэхъу си жагъуэ, дыгъэм щрисхьэжкIэ гъавэр губгъуэм. Сэ апхуэдэ махуэ уэфIым собгыр, зыкIи сигу щIэмыгъуу. Сэ хузощIыр пщIэшхуэ уэшхым, мэхъу си фIэщ зэрысэбэпри. ЩIылъэм щхъуантIэу зыщихуапэм, ар, быдзышэм хуэдэу, лъапIэщ, Ауэ уэшхым уэр щыщIэтыр, псыдзэкIэ дунейр щикъутэм, Дэ къыдокIыр и зэрани - слъэкIыркъым нэмыплъ езымыту. Мо къырыжьым жьапщэ куэдым сакъригъэлащ, сощIэжыр. Iэджэрэ сефащ, сфIэфIу псы, абы и щIагъ къыщIэжым. Ауэ – къэхъуркъэ апхуэдэ?!- Слъагъу хъужыкъуэм, цIыху щыхуауэ; СщIынщ хьэрэм сэ а къырыжьыр, щIым тетынщ си ней щыхуауэ! СощIэ мывэр сэ зищIысыр, щыпщIкIэ унэ - сыт и уасэ! И быдагъыр, бэшэчагъыр щапхъэу къыщыдохьыр усэм, Ауэ елъэпауэу хуищIэу, гъымэ сабий гуэр гухэщIу, - Шийуэ гъуэгущхьэм телъ мывэм ину сэ губгъэн хузощIыр. Псэр етхьэкъу удз гъэгъа дахэм. И дэлэлщи лъагъуныгъэм - ЗэIэпах ар щIалэгъуалэм, зэбгъэдишэу нэхъ гъунэгъуу. Ауэ фIыуэ зэрылъагъухэм дилъхьэм хьэргъэшыргъэ я кум, - ФэфI есплъыжкъым удз гъэгъам сэ. СыхуохъущIэ абы сигукIэ… ЩыIэщ Iейри, щыIэщ фIыри. ГъащIэр гъащIэщ. Ауэ цIыхур Хуейщ дунейм тетыну гуфIэу. Iейри аращ игу щIытемыхуэр. ЗэзыдзэкIар Бицу Анатолэщ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "56.txt" }
ДУНЕЙМ ЩЫХЪЫБАРХЭР ГъэшхэкIхэр щэным теухуа мардэщIэ УФ-м гъэшхэкIхэр щэным теухуауэ щыIэ хабзэхэм зэхъуэкIыныгъэхэр ягъуэтащ бадзэуэгъуэм и 1-м къыщыщIэдзауэ. Абы теухуа унафэр Урысейм и Правительствэм къищтауэ щытащ мы гъэм щIышылэм и кIэм. Шэм хэлъ тхъур зэрызэрахъуэкI нэгъуэщI дагъэхэкIхэр, псалъэм папщIэ, къэкIыгъэ зэхуэмыдэхэм къыщIахуахэр, зыхэлъ гъэшхэкIхэр щхьэхуэу фIэкIа ящэну хуиткъым иджы. Шэм къыхэщIыкIахэмрэ къэкIыгъэхэм къыщIахуа дагъэхэр шэм халъхьэу ягъэхьэзырахэмрэ зы дапхъэм тралъхьэнуи хуиткъым. ШэхэкI дыдэхэр щащэ дапхъэхэм тетхауэ щытын хуейщ: «Шэр щыщIахум къыхэкIа тхъур зыхэлъ ерыскъыхэкIхэр» жиIэу. КъэкIыгъэ дагъэр зыхэлъ гъэшхэкIхэр нэхъ къэзыщтэхэри щыIэщ, ахэр Iэпкълъэпкъым нэхъ емыгуауэу къалъытэу. Ещхьыркъабзэу, гъэшхэкI къабзэм къыхэщIыкIа ерыскъыхэр къэзылъыхъуэхэр, апхуэдэ фIэкIа зышхыну хуэмейхэри нэхъ мащIэкъым. ХабзэщIэм иджы дэтхэнэ лъэныкъуэми Iэмал ярет зыхуейр къыхахыну - продукцэр щхьэхуэ-щхьэхуэу дапхъэхэм щытелъынукIэ, ахэр иджы зэхэзэрыхьынукъым, щхьэж фIэфIыр къищтэу абы и уасэр итын хуей къудейуэ аращ. Ауэ псори апхуэдэу тыншу щытамэ, гъэщIэгъуэнт?! Iэмал имыIэу къыкъуэкIынущ а хабзэм къыпэзыкIухьыну, абы езыхэм я фейдэ къыхэзыхыну хуеинухэр. Мис абыхэм якIэлъыплъыныр зи къалэнхэм лэжьыгъэшхуэ я пщэ къыдэхуэнущ, абыхэм япэмылъэщыххэнри Iуэхум хэлъу. Махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу ирагъэкIуэкI къэпщытэныгъэхэм къагъэлъагъуэращ мыбдежым тегъэщIапIэ щыхъур. Дызэрыт илъэсым и япэ мазищым «Роспотребнадзор» IуэхущIапIэм иригъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуащи, шэрэ шэхэкIыу тонн мин 19-м щIигъу, партиеу минрэ ныкъуэм нэблагъэу, сату щIыпIэхэм къыщIрагъэшыжын хуей хъуащ, ахэр щыIэ хабзэхэм темыту зэрагъэхьэзырам къыхэкIыу. Ар къапщыта тыкуэнхэм къыщагъуэтауэ аращ. Къамыпщытахэм ящар сыт хуэдиз? Хабзэм къару зэригъуэту, ар щагъэзащIэкIэ къэхъункIэ хъуну ныкъусаныгъэхэм тепсэлъыхьу хуежьащ. Куэдым шэч къытрахьэ а мардэхэм псори тэмэму тетыну. ЩэхуакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Шелищ Пётр зэрыжиIамкIэ, зэхъуэкIыныгъэщIэхэм уащыгуфIыкI хъунущ, дауи. «ИкъукIэ дызыхуей унафэщ. Иджы деплъынщ, япэрауэ, ар зэрагъэзащIэжым, етIуанэрауэ, ерыскъыхэкIхэр къыщIэзыгъэкIхэм хуагъэува пщалъэхэм зэрытетыфым, шхынхэр къызыхащIыкIахэр ахэр зыкIуэцIалъхьэхэм, зралъхьэхэм зэрытратхэ щIыкIэм», - жиIащ абы. Хабзэм къару щигъуэта япэ махуэм ар зэрагъэзащIэр къыщапщытат Москва и тыкуэн зыбжанэми, гъэшхэкI къыщIэзыгъэкI IуэхущIапIэ псори ягъэува мардэщIэхэм тету къыщIэкIащ. Экспертхэм гъэшхэкI ерыскъыхэу - шатэу, йогурту, тхъуцIынэу, шэуэ, шхууэ, кхъуейлъалъэу, кхъуейуэ упаковкэ 535-рэ къапщытати, щапхъэм къимытIасэу къагъуэтар зы процентщ - гъэшхэкIитху къудейщ. Ар мыIейуэ жыпIэ хъунущ. Зы щIыпIэм уэ къыщох, адрейр псыдзэм ехь… Дыкъэзыухъуреихь дунейм и щытыкIэм кIуэ пэтми зэрызихъуэжыр нэрылъагъущ. Гъэмахуэм уэс къыщес, щIымахуэм уафэр гъуагъуэу уэшх къыщешх, бжьыхьэм жыгхэр щыгъагъэ къохъу, нэгъуэщI зимычэзу теплъэгъуэхэм гу лъыдотэ. Апхуэдэ хъыбархэр, дауи, яфIэгъэщIэгъуэнщ цIыхухэм, ауэ дэтхэнэ зэманми езым и пIалъэ иIэщи, абыхэм екIужыр я плъыфэрщ. Ар щIыуэпсым и хабзэщ. А хабзэм текIыным къызэрымыкIуэ щытыкIэхэр кърикIуэ хабзэщ. ЩIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, къэхъукъащIэ шынагъуэхэр кърокIуэ цIыхум щIыуэпсым и хабзэхэр къызэрызэпиудым, къабзагъэм зэрыхуэмысакъым. Куэд мэхъу а щхьэусыгъуэхэр. Псалъэм папщIэ, заводышхуэхэм гъуэз куэдыIуэ хьэуам зэрыхаутIыпщхьэм и зэран йокI дунейм. Ар щIыуэпсым иIыгъын хуей хуабагъ-щIыIагъым зэреныкъуэкъум и закъуэкъым, хьэуам металл хьэлъэхэр хохьэри, ари пхуэмыгъэзэкIуэжын ныкъусаныгъэу къыщIедзыж. Апхуэдэ зыгуэру къыщIэкIынщ Мексикэм иджыблагъэ къыщыхъуар къызыхэкIари. Зэи къэмыхъуауэ, бадзэуэгъуэм и 1-м уэшхуэ къыщехащ а къэралым щыщ Гвадалахарэ къалэм. Абы и Iувагъыр языныкъуэ щIыпIэхэм метрым щIигъуу щызэтрихьауэ къатащ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэм. Къалэр гъэкъэбзэныр зи къалэн IуэхущIапIэхэр апхуэдиз мылым пэлъэщынутэкъыми, ар зэтехынымкIэ, дэшынымкIэ абыхэм щIэгъэкъуэн яхуохъу дзэ частхэм къулыкъу щызыщIэхэр. Халискэ штатым граждан зыхъумэжыныгъэмрэ мафIэс шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщынымкIэ и управленэм и унафэщI Виктор Уго Рольдан зэрыжиIамкIэ, уэм и зэран зэкIа щыIэкъым. Апхуэдэм емыса цIыхухэм яфIэтелъыджэщ къэхъуар икIи абы иригузэващэу фэ ятеткъым. Абыхэм хуэмыдэу, УФ-м и Иркутскэ областым щыщ жылэхэм къащIэуа псыдзэм цIыхухэр хуабжьу игъэгужьеящ. Уэлбанэшхуэхэм я зэранкIэ Китой, Белая, Ока, Ия, Иркут псыхэр къиуащ икIи къуажэ 80-м щIигъум ящIэуащ, псышхуэм гъуэгухэр трилъэсыкIащ. Абы къыхэкIыу «Сыбыр» федеральнэ гъуэгум щыщ Iыхьэр зэхуащIащ. Абы псыр метрищым щIигъу и кууагъыу къытехьат. УФ-м и Президент Путин Владимир зыхъумэжыныгъэмкIэ министр Шойгу Сергей пщэрылъ зэрыщищIам ипкъ иткIэ псыдзэ зыщIэуа щIыналъэм ягъэкIуащ армэм и часть зыбжани. Къэралым и УнафэщIым а къэхъукъащIэ къызэрымыкIуэм теухуа зи чэзу зэIущIэр бадзэуэгъуэм и 3-м зэхуишэсыну траухуащ. Бадзэуэгъуэм и 1-м ирихьэлIэу псыдзэр иджыри дэтт муниципальнэ щIыналъихым хиубыдэ жылэ 55-м. Псыр ялъэIэсащ унэ 6669-м, цIыху мини 10 нэблагъэ щыпсэум. Абы фэбжь хахауэ къалъытащ цIыху 744-м. 153-р (абыхэм сабийуэ 35-рэ яхэту) сымаджэщхэм яшэн хуей хъуащ. ЩIыпIэ амбулаторэхэм медицинэ дэIэпыкъуныгъэ щратащ цIыху 591-м. Нэхъ гуауэращи, псэдзыгъи къишащ псыкъиум - зэкIэ къызэратамкIэ, абы цIыхуибл хэкIуэдащ, иджыри цIыхуибгъу ягъуэтыжыркъым. Нобэ ♦ГИБДД-м (ГАИ-м) и лэжьакIуэхэм я махуэщ. ЦIыхубэ комиссархэм я советым ищIа унафэм ипкъ иткIэ 1936 гъэм къызэрагъэпэщащ ГАИ-р. ♦Алтай республикэр къыщызэрагъэпэща махуэщ ♦Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм щыпсэу лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэщ ♦Хакасия Республикэм и махуэщ ♦Беларусь Республикэм и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ ♦1700 гъэм Константинополь щызэращIылIа мамырыгъэ зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ, Iузэв (Азов), и Iэгъуэблагъэхэри (Таганрог, Павловск, Миус) щIыгъуу, Урысейм и щIыналъэ хъуащ. ♦1841 гъэм инджылыз астроном Адамс Джон хэIущIыIу ищIащ Нептун планетэр къызэригъуэтар. ♦1885 гъэм Бенц Карл къигупсыса автомобилыр игъэунэхуащ, абы и зэфIэкIыр зыхуэдэри цIыхухэм яригъэлъэгъуащ. Иджы ар дуней псом щыцIэрыIуэ Мерседес-Бенц автомобиль лъэщырщ. ♦1916 гъэм Лондон щызэхэтащ «Титаник» кхъухьыр щIыщIилъэфам и щхьэусыгъуэр щызэхагъэкI судыр. Абы наIуэ зэрыщащIамкIэ, кхъухьыр кIуэрт иIыгъын хуей хуабжьагъым фIыуэ щIригъэгъуауэ. Мыл джей абрагъуэр къыщалъэгъуам абы жьэхимыхьэн щхьэкIэ сыт хуэдэ Iэмалри къагъэсэбэпами, ахэр зыкIи къахуэщхьэпакъым икIи игъуэта сэкъатхэм я зэранкIэ хым щIилъэфащ. ♦1928 гъэм дунейм щыяпэу США-м ящэу щыщIадзащ япэ телевизорхэр. Зым доллар 75-рэ и уасэт. ♦1941 гъэм Сталин Иосиф совет цIыхубэм радиокIэ захуигъэзащ, Хэкур хъумэжыным къыхузэщIэтэджэнхэу къыхуриджэу. ♦1944 гъэм Белоруссием и къалащхьэ Минск нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэхэм къыIэщIагъэкIыжащ. ♦1957 гъэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и УказкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым Ленин орденыр етIуанэу къыхуагъэфэщащ. ♦1991 гъэм РСФСР-м и Совет Нэхъыщхьэм унафэ къищтащ Адыгей, Къэрэшей-Шэрджэс, Горно-Алтай, Хакассие автономнэ областхэр Адыгэ Республикэ, Къэрэшей-Шэрджэс Республикэ, Алтай Республикэ, Хакасие Республикэ жиIэу зэхъуэкIыным теухуауэ. ♦1996 гъэм Ельцин Борис УФ-м и Президент къулыкъум етIуанэ пIалъэми тетыну хахыжащ. ♦1925 гъэм къалъхуащ совет режиссёр, Урысей Федерацэм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Эфрос Анатолий. ♦1962 гъэм къалъхуащ США-м щыщ актёр, режиссёр, продюсер икIи сценарист Круз Том. ♦1964 гъэм къалъхуащ актёр, УФ-м и цIыхубэ артист Серебряков Алексей. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 30 - 32-рэ, жэщым градус 19 - 20 щыхъунущ. Лъэпкъ Iущыгъэ: Джэдум и шырыр ишхыжын хъумэ, «дзыгъуэм ещхьщ» жеIэ. Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "560.txt" }
ЛIэщIыгъуэр лIы ныбжьщ Дыгулыбгъуей къуажэм щалъхуа, Хэку зауэшхуэм и ветеран Хэжь Исуф бадзэуэгъуэм и 1-м илъэси 100 ирикъуащ. ЛIэщIыгъуэ ныбжь зиIэ ветераным и деж а махуэм щыхьэщIащ Бахъсэн къалэ округым и щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэм и япэ къуэдзэ Къардэн ФатIимэ, къалэ администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Бырхьэм Залинэ, Дыгулыбгъуей къуажэм и Iэтащхьэ Къуэдзокъуэ Толэ, Бахъсэн къалэ округым и ветеранхэм я советым и тхьэмадэ Абазэ Хъусей сымэ. Абыхэм ветераным УФ-м и Президент Путин В. В., КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ К. В. сымэ я псалъэ гуапэхэр зэрыт тхыгъэхэр иратыжащ икIи узыншагъэ быдэрэ гукъыдэжрэ иIэну ехъуэхъуащ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "561.txt" }
Ди щIалэгъуалэр Къэрэшей-Шэрджэсым щыхьэщIащ Адыгэ лъэпкъым къытхэкIа цIыхушхуэ, жылагъуэ ущиякIуэ, Урысей Федерацэм юстицэмкIэ и министру щыта Къалмыкъ Юрэ Хьэмзэт и къуэр псэужатэмэ, мы гъэм илъэс 85-рэ ирикъунут. Дунейпсо Адыгэ Хасэм ищIа унафэм ипкъ иткIэ, 2019 гъэм адыгэ щыпсэу республикэхэм ар щагъэлъапIэ. Ди республикэм жыджэру щылажьэ «Черкесский Ренессанс» жылагъуэ зэгухьэныгъэми абы ехьэлIа Iуэху дахэ иджыблагъэ къызэригъэпэщат - КъБР-м щыщ сабийхэр Къалмыкъ Юрэ къыщалъхуа республикэм зыплъыхьакIуэ ишащ. Къыхэгъэщыпхъэщ мы Iуэхум хэта ныбжьыщIэхэр гъэ еджэгъуэм къриубыдэу ди щIыналъэм адыгэбзэкIэ щекIуэкIа зэпеуэ зыбжанэм пашэ щыхъуахэу зэрыщытыр. Абыхэм яхэтт КъБР-м и Парламентым и ЩIалэгъуалэ палатэмрэ КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэмрэ я IуэхухэмкIэ и министерствэмрэ зэгъусэу адыгэбзэкIэ ирагъэкIуэкIа зэдауэхэм щытекIуахэмрэ ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэм иригъэкIуэкIа «Джэгурэш», «Адыгэ ныбжьыщIэ театр» зэпеуэхэм бжьыпэр щызыубыдахэмрэ. ЕджакIуэхэм апхуэдэу ящIыгъут зэпеуэм хэтыным хуэзыгъэхьэзыра я егъэджакIуэхэри. Мы Iуэхур къызэгъэпэщынымкIэ «Черкесский Ренессанс»-м дэIэпыкъуэгъу къыхуэхъуат Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм щыIэ Адыгэ Хасэ – Шэрджэс Парламентым и щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэр, Хьэбэз щIыналъэ администрацэр, КъШР-м щыIэ Шууей Хасэр. Махуэм хуагъэпса программэм тету хьэщIэхэр япэщIыкIэ Черкесск къалэм и утыку нэхъыщхьэм пэмыжыжьэу щыт, Къалмыкъ Юрэ и фэеплъ сыным деж екIуэлIащ. Абдеж кърихьэлIат Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий. НэхъыжьыфIыр япэщIыкIэ къызэхуэсахэм Къалмыкъ Юрэ и гъащIэмрэ абы и лэжьыгъэфIхэмрэ яхутепсэлъыхьащ. ИужькIэ, я блэкIар ящымыгъупщэу, адыгэ лъэпкъым къыхэкIа цIыхушхуэхэм я пщIэр яIэту псэуну ехъуэхъуащ. Апхуэдэу пэкIум къыщыпсэлъащ Хьэбэз район администрацэм и Iэтащхьэ ЩакIуэ Русланрэ «Черкесский Ренессанс» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Жылэгъащтэ Хьэчимрэ. НэгузыужьакIуэ яша щIалэгъуалэр абы иужькIэ щыIащ Кавказ зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъу Черкесск къалэм дэтым; Къалмыкъ Юрэ къыщалъхуа Абазакт къуажэм щылажьэ музейм; Кавказ зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъу Хьэгъундыкъуей къуажэм дэт, абы и Iэгъуэблагъэм щыIэ музейм. КъэувыIэпIэ къэси гъунэгъу республикэм щыпсэу нэхъыжьыфIхэр къащыпежьэурэ гуапэу ирагъэблэгъащ, здекIуэлIа щIыпIэм теухуа хъыбархэми щIагъэдэIуащ. Иужьрейуэ хьэщIэхэр дашащ Iэдииху чэщанэр зытет бгым. КъызэгъэпэщакIуэхэм сабийхэм махуэм ялъэгъуамрэ зэхахамрэ яфIэгъэщIэгъуэн зэрыхъуам шэч къытрамыхьэу, псори зэхуэарэзыуэ пщыхьэщхьэм я унэхэм ирашэлIэжащ. ХЬЭРЭДУРЭ Аллэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "562.txt" }
ЕджакIуэ нэхъыфIхэр ягъэлъапIэ Хабзэу къищтауэ Тэрч щIыналъэм щIэныгъэмкIэ и управленэм гъэ еджэгъуэм и кIэм ирихьэлIэу ехъулIэныгъэу зыIэрагъэхьахэр къепщытэжри, гъэфIэж пшыхь ирегъэкIуэкI. Мы гъэми къызэрагъэпэща зэхыхьэр иджыблагъэ щекIуэкIащ Тэрч къалэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм. Махуэшхуэм кърагъэблэгъат урысей псом, республикэм, щIыналъэм щекIуэкIа зэпеуэхэм, олимпиадэхэм, щIэныгъэ-къэхутакIуэ конференцхэм, спорт зэхьэзэхуэхэм щытекIуа, къыщыхэжаныкIа еджакIуэхэр, курыт еджапIэр дыщэ, дыжьын медалкIэ къэзыухахэр. ХьэщIэу къеблэгъахэм ящыщт Тэрч район администрацэм и Iэтащхьэ Дадэ МуIэед, абы и къуэдзэхэу Джатэгъэжь Аслъэнбэчрэ Семэн Пщыкъанрэ, щIыналъэм щIэныгъэмкIэ и управленэм и унафэщI Вэрий Маринэ, «Урысей зэкъуэт» партым Тэрч районым щиIэ къудамэм и унафэщI СокумыщI Арсен, щIыналъэ администрацэм и Жылагъуэ палатэм и унафэщI Iуэхъу Анатолэ сымэ, нэгъуэщIхэри. Апхуэдэу зэIущIэм къекIуэлIат щIыналъэм ит курыт еджапIэхэм я унафэщIхэр, егъэджакIуэхэр, еджакIуэхэр, адэ-анэхэр. ЗэIущIэр къыщызэIуахым япэу псалъэ зрата Дадэ МуIэед къызэхуэсахэм ехъуэхъуа нэужь жиIащ: «Ди щIыналъэм и цIэр щIыпIэ куэдым фIыкIэ щызыгъэIуа, зэхьэзэхуэхэм, текIуэныгъэхэм я IэфIхэр зыхэзыщIа фэ фхуэдэ сабий зэчиифIэхэр диIэу дыщIэгузэвэн щымыIэу къызолъытэ. Дыщыпсэу республикэм и мызакъуэу, ди къэралым и къэкIуэнур фэращ зэлъытари, куэдкIэ дыфщогугъ!» Дадэ МуIэед утыкум къришэри щигъэлъэпIащ администрацэм къыхилъхьауэ илъэситху хъуауэ иригъэкIуэкI щIэныгъэ къэхутэныгъэ лэжьыгъэ нэхъыфI тхыным, ар нэсу утыку ихьэным теухуа зэпеуэм пашэ щыхъуахэмрэ къыщыхэжаныкIахэмрэ. Тэрч щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэм и саугъэтыр къахьащ: Хьэжмэт Динарэ (11-нэ класс, Тэрч къалэм дэт 1-нэ лицей), Абазэ Роман (9-нэ класс, Тэрч къалэм дэт 2-нэ курыт еджапIэ), Хьэпажэ Ахьмэд (9-нэ класс, Тэрч къалэм дэт 3-нэ курыт еджапIэ), Къущхьэбий Розэ (9-нэ класс, Красноармейскэ къуажэм дэт курыт еджапIэ), Жабоевэ Лаурэ (9-нэ класс, Новая-Балкария къуажэм дэт курыт еджапIэ) сымэ. Апхуэдэу мы зэпеуэм и лауреат хъуахэщ: Ахэмын Тамерлан (11-нэ класс, Тэрч къалэм дэт 3-нэ курыт еджапIэ), Шэриф Алихъан (11-нэ класс, Дей къуажэм дэт курыт еджапIэ), Нэгъуей Эльдар (11-нэ класс, Урожайнэ къуажэм дэт курыт еджапIэ) сымэ. АдэкIэ утыкум кърашащ курыт школыр дыщэ, дыжьын медалкIэ къэзыуха ныбжьыщIэхэр. Абыхэм псалъэ дахэхэмкIэ зыхуагъэзащ Семэн Пщыкъанрэ Вэрий Маринэрэ. Маринэ къыщыпсалъэм къыхигъэщащ: «Нобэ утыкум щыдгъэлъапIэхэм иджыпсту ягъуэт пщIэр зы гъэ еджэгъуэ закъуэракъым къыщалэжьар, атIэ илъэс бжыгъэкIэ зэрегугъуам кърикIуа ехъулIэныгъэщ. Си щхьэкIэ согушхуэр фэ фхуэдэхэр дызэриIэм. Тхьэм адэкIи хывигъэгъахъуэ!». Къыхэгъэщыпхъэщ дамыгъэ лъапIэ яIэу мы илъэсым Тэрч районым щыщ ныбжьыщIэ 33-м курыт школыр къызэраухар. КъыкIэлъыкIуэу ягъэпэжащ щIыналъэм щекIуэкIа «Iущхэмрэ Iущыцэхэмрэ» олимпиадэм щытекIуахэу ЛIэужь Лие (Тэрч къалэм дэт 3-нэ курыт еджапIэ), ФиIэпщэ Темболэт (Тэрч къалэм дэт 1-нэ лицей), Хьэпажэ Ахьмэд (Тэрч къалэм дэт 3-нэ курыт еджапIэ) сымэ. Лауреат хъуахэщ Увыж Даринэ (Тэрч къалэм дэт 2-нэ курыт еджапIэ), Емкъуж Лянэрэ ХьэтIэф Казбекрэ (Тэрч къалэм дэт 3-нэ курыт еджапIэ). Пшыхьым апхуэдэу щагъэгушхуащ 2018-2019 гъэ еджэгъуэм и кIуэцIкIэ екIуэкIа щIэныгъэ конференцхэм, зэпеуэхэм, олимпиадэхэм спорт зэхьэзэхуэхэм щытекIуа, къыщыхэжаныкIа еджакIуэ 80-м щIигъу. ГъэлъэпIэныр зэфIэкIа нэужь къызэхуэсахэр ирагъэплъащ махуэшхуэм хуагъэхьэзыра концертым. Абы хэтащ щIыпIэ артистхэр, щIыналъэм ЩэнхабзэмкIэ и унэхэм я гъэсэн цIыкIухэр. ХЬЭРЭДУРЭ Аллэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "563.txt" }
«Адыгэ псалъэм» и гъэсэнхэр Гулъытэ хуэныкъуэ псэущхьэ Дыкъэзыухъуреихь дунейр тхъумэныр, абы пщIэ хуэтщIу, сакъыу дыхущытыныр, къызэрысщыхъумкIэ, дэтхэнэ цIыхуми ди къалэнщ. ЩIыуэпсым и къулеягъым зыкъомкIэ елъытащ дэ, цIыхухэм, диIэну зэпэщыныгъэм и лъагагъри, ди гъащIэм хэлъ щIэщыгъуагъхэри, нэгъуэщIхэри. Ди мэзхэм, гуэлхэм щопсэу псэущхьэ хьэлэмэт куэд. Абыхэм ящыщщ цIыхум и гулъытэ нобэ хуэныкъуэ щомыщ къуэлэныр (леопардыр). Зэ еплъыгъуэкIэ джэдуушхуэм ебгъэщхь а псэущхьэ телъыджэр Урысейм и Тхылъ плъыжьым итхэм ящыщщ. Щомыщ къуэлэнхэр хъумэныр, абыхэм я бжыгъэр хэгъэхъуэжыныр пщэрылъ зыщищIыжащ ЩIыуэпсыр хъумэнымкIэ дунейпсо фондым (WWF). Тембот Аслъэнбий и цIэр зэрихьэу Бгылъэ щIыпIэхэм я экологиемкIэ ди республикэм щыIэ институтымрэ а фондымрэ илъэс бжыгъэ куэд хъуауэ зэдолажьэ. Нобэ ди псэлъэгъущ институтым и щIэныгъэ лэжьакIуэ, «Экологиер гъащIэщ» зи фIэщыгъэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщIым и дэIэпыкъуэгъу КIарэ Галинэ. КъБР-м ЩIыуэпс ресурсхэмрэ экологиемкIэ, ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэхэм къабгъэдэкIыу Галинэ мызэ-мытIэу фIыщIэ тхылъхэр къыхуагъэфэщащ дыкъэзыухъуреихь уэщIыр хъумэнымкIэ сабийхэм, щIалэгъуалэм ядригъэкIуэкI лэжьыгъэшхуэм папщIэ. - ЩIыуэпсыр хъумэнымкIэ дунейпсо фондымрэ институтымрэ фи зэпыщIэныгъэм укъытхутепсэлъыхьамэ, ди гуапэт, Галинэ. - Фондымрэ ди институтымрэ зэгъусэу проект зыбжанэ догъэлажьэ. Абыхэм ящыщщ, псалъэм папщIэ, цIыхумрэ Тхылъ Плъыжьым ит псэущхьэхэмрэ зэран зэхуэмыхъуу дунейм зэрытетыным теухуар. Тхылъ Плъыжьым зи цIэ ихуа псэущхьэщ Азиер зи хэщIапIэу къекIуэкI щомыщ къуэлэныр. Ар ди щIынылъэм къитшэжыныр ди хъуэпсапIэщ. ЦIыхум абы и хьэлыр ищIэмэ, езыри псэущхьэм зэрыхущытыпхъэ хабзэхэм емыбакъуэмэ, тIури зэран зэхуэмыхъуу щхьэж и гъуэгу теувэжынущ. Апхуэдэ псалъэмакъ къыщытIэт зэIущIэхэр ди республикэми, Къэрэшей-Шэрджэсми, Дагъыстэнми, Осетие Ищхъэрэми щыдогъэкIуэкI. Къыхэзгъэщыну сыхуейт сабий садхэми дазэрыдэлажьэр. Сабийхэм дерс гъэщIэгъуэн цIыкIухэр ядыдогъэкIуэкI а псэущхьэм и дуней тетыкIэм теухуауэ. - Зи бжыгъэр апхуэдэу мащIэ щомыщ къуэлэным цIыху ирихьэлIэнкIи хъунур пэж? - НтIэ, ирихьэлIэнкIи хъунущ. Псалъэм папщIэ, Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и гъунапкъэхэм щыс къуажэхэм куэду Iэщ зэрахуэ, псом хуэмыдэу мэз лъапэхэм деж щысхэм яхэту къыщIэкIынкъым мэл-бжэныр зимыIэ. ЩIымахуэр щIыIэ хъурэ щомыщым ишхын имыгъуэтмэ, Iэщхэр здэщыIэм къэкIуэнкIи мэхъу. Аращи, цIыхухэм дадолажьэ, езыхэри бэлыхь хэмыхуэу, щомыщми зэран зэрахуэмыхъун Iэмалхэр яжыдоIэ. - Ар хъумэн зэрыхуейр Iэмалыншагъэ щIэхъуам и щхьэусыгъуэр сыт? - Илъэс бжыгъэкIэ узэIэбэкIыжмэ, щомыщ къуэлэныр дищIхэм иту, ди щIыналъэр и псэупIэу щытащ. 1900 гъэхэм а псэущхьэр куэду яукIыу щIадзащ браконьерхэм, дэтхэнэ зыми и фэм сом тIощI къызэрыщIахым къыхэкIыу. А зэманым ар ахъшэшхуэт. НэгъуэщI лъэныкъуи иIэщ а Iуэхугъуэм. ЩIалэ ныбжьыщIэр лIыпIэ иувауэ ябжын папщIэ щомыщ къуэлэныр иукIыу абы и фэр къихьын хуейуэ апхуэдэ хабзи къекIуэкIыу щытауэ жаIэж. Щомыщхэм я бжыгъэр а лъэхъэнэм зэуэ нэхъ мащIэ хъуащ икIи 1950 гъэхэм ирихьэлIэу ди щIыпIэм къинэжатэкъым абыхэм ящыщ зы псэущхьи. - Ди къэралым сыт хуэдэ гулъытэ щигъуэтрэ мы псэущхьэм? И Iуэху зыIутыр сыт? - Сочэ къалэм щомыщ къуэлэным и бжыгъэр щызэтрагъэувэж центр къыщызэрагъэпэщащ. Бельгием, Ираным, нэгъуэщI щIыпIэхэми кърашри ахэр хъумапIэм къашауэ щыкIэлъоплъ, зэрагъэбэгъуэн Iуэху зэрахуэ. Абыхэм зэкIэ къатехъукIыжащ шырищ: Викторие, Къэхъун, Кили зыфIэтщахэр. Абыхэм я щхьэ Iуэху зэрахуэжыфын щыхъум, щхьэхуит тщIыри, Осетие Ищхъэрэм и мэзхэм щIэдутIыпщхьащ. Щомыщ къуэлэныр хъумэнымкIэ программэм хэт си лэжьэгъухэр абыхэм зэпымыууэ якIэлъоплъ. Мэзхэм зекIуэ макIуэхэри щхьэхуит тщIа псэущхьэхэм я Iуэху зыIутыр зрагъащIэ, я хэщIапIэр спутниккIэ къахутэ. ТIур хъарзынэу хэзэгъэжащ щIыуэпсым, мэз бжэнхэм, кхъуэпIащэхэм йощакIуэ, кIэщIу жыпIэмэ, я щхьэ япIыжыф. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, Викторие лIащ, къыщыщIари тщIэркъым. - Языныкъуэхэр егупсысынкIи хъунущ: «Сыт щомыщ къуэлэным апхуэдиз гулъытэ хуэщIын щIыхуейр? Псэущхьэшхщ, зэран хъуну фIэкIа сыткIэ сэбэп?» - жаIэу. Апхуэдэ Iуэху еплъыкIэм теухуауэ сыт жыпIэнт уэ, Галинэ? - Сэ жысIэнуращ, ди щIыпIэм щыкIуэдыжа щомыщ къуэлэным и лъэужьыр нэщI зэи хъунукъым. Псалъэм папщIэ, ар щыIэжтэкъыми абы щышынэу щыта дыгъужьхэм, хьэIуцыдзхэм я бжыгъэр куэд хъуащ. Ахэр хъуфынукъэ зэран? Курп Ищхъэрэр къапщтэмэ, дыгъужьхэр къуажэм къыдохьэ, я джэдкъазхэр Iисраф зэтращIэу. Щомыщ къуэлэныр зэрыс щIыпIэм адрей псэущхьэшххэр къригъэхьэркъым, тепщэгъуэр яритыркъым. Мы дунейм псэ зыIуту тет дэтхэнэми езым и къалэн гуэр уэщIым щегъэзащIэ, псэущхьэ псори зэпыщIэжащ, зыр зым и шхыныгъуэщ. Аращи, псэущхьэхэм языхэз чэм хъумэ, щIыуэпсым къыщекIуэкI зэпыщIэныгъэхэр къута мэхъу. ЦIыхум, псом хуэмыдэу къыдэкIуэтей щIэблэм, къагурыдгъэIуэну дыхуейт дунейм тет псэущхьэхэр фIырэ IейкIэ зэрызэхэмыдзар, дэтхэнэми мы гъащIэм мыхьэнэ зэрыщиIэр, псори зэрызэпыщIэжар, дэри дахэту. Епсэлъар ДЫДЖЭ Каринэщ. Мыхьэнэшхуэ зиIэ IэнатIэ ЕгъэджакIуэ IэнатIэр зэрыгугъур псоми дощIэ. Егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэм зи гъащIэр тезыухуахэм я гъащIэ псом гуэхыпIэ имыIэу епхащ я лэжьыгъэр. Гурэ псэкIэ къыхэпхауэ щытмэщ абы ущрилэжьэфынури тыхь зыщыхуэпщIыфынури. Апхуэдэу, дызэрыIыгъыу, щIэблэр фIым зэрыхуэдущиинымрэ щIэныгъэ куу зэрабгъэдэтлъхьэнымрэ дыхущIэкъуу, дызэдолажьэ Аруан щIыналъэм хыхьэ Къэхъун жылэм дэт курыт школ №1-м и IэщIагъэлI гупыр. Гъуэгуанэ купщIафIэ къэзыкIуа IуэхущIапIэщ ди школыр. Ар къызэIуахауэ щытащ 1927 гъэм. Абы лъандэрэ блэкIа илъэс 90-м щIигъум зэи къэхъуакъым ди еджапIэр зыхуигъэувыж къалэнхэм щыпэмылъэща, жылагъуэм пщIэ щиIэу ахэр щызэфIимыха. Нэхъыжьхэм зэрыжаIэжымкIэ, абы япэу щылэжьахэм ящыщщ къэхъундэсхэу Берычэт Зырамыку, Такъ Джэрий, Къул МэчрэIил, Такъ Гуагуэ, Лъэпщокъуэ СулътIан, Гулэжын Хьэжкъасым сымэ, нэгъуэщIхэри. Ди щIыналъэм и адрей жылэхэми къикIыурэ Къэхъуным и щIэблэм щIэныгъэ иратырт къэралым нэгъуэщI щIыпIэхэм ящыщ IэщIагъэлIхэми. 1937 гъэм къуажэм дащIыхьащ япэ курыт школыр икIи абы щеджэу хуежьащ къэхъундэсхэм я бынхэри, Псынабэ, Дохъушыкъуей (иджы Нарткъалэ) щыщ сабийхэри. Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм егъэджакIуэхэм ящыщ куэд фронтым Iухьащ, езы школри уIэгъэщ ящIат. Школым нэсу лэжьэн щыщIидзэжар зауэр иуха нэужьщ. Нобэ къэхъундэс щIэблэм щIэныгъэ щызрагъэгъуэт 1987 гъэм яухуауэ щыта, къатищу зэтет, еджакIуэ 800-м нэсым ятещIыхьа унэшхуэм. Абы хэтщ актовэ, спорт пэшышхуэхэр, сабии 120-рэ зэуэ щыбгъэтIыс хъуну шхапIэ, библиотекэ, предмет зэмылIэужьыгъуэхэр нэхъ куууэ щаджын пэш хэха 11-рэ класс 19-рэ. ЕджапIэр зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ къызэгъэпэщыным дапщэщи я нэIэ тетщ абы и унафэщIхэм. Илъэс зэхуэмыдэхэм абы и лэжьыгъэр яунэтIащ егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм фIыщIэ куэд къыщызыхьа IэщIагъэлI жанхэм. Мы зэманым ди школым и унафэщIщ егъэджакIуэ IэкIуэлъакIуэ икIи лэжьыгъэм и къызэгъэпэщакIуэ Iэзэ ХьэхъупащIэ Iэмин. Абы и нэIэм дыщIэт гупыр, сыт хуэдэ лъэхъэнэми хуэдэу, адэкIи дыхущIокъу лъэпкъыр зэрыгушхуэн, абы хуэфэщэн щIэблэ зэрыдгъэсэным, ныбжьыщIэхэм щIэныгъэфI зэреттыным, сабийр екIуу бгъэсэныр, абы и псэр щIэныгъэм хуэбгъэушыныр, къыдэпхьэхыныр икIи балигъ гъащIэм хуэбгъэхьэзырыныр жэуаплыныгъэ зыпылъ лэжьыгъэ гугъуу зэрыщытыр къыдгурыIуэу. Зи лэжьыгъэм гурэ псэкIэ пэрыт гупым 2018-2019 гъэ еджэгъуэри къызыхуэтыншэу етхьэкIащ. Ди еджакIуэхэм иужьрей уэзджынэр къазэрыхуеуэрэ куэд щIакъым. Иджы дыдэщ курыт школыр къэзыуххэм я саулыкъукIэ абы гуфIэгъуэ пшыхь щыщызэхашари. Школым еджэныр адэкIэ щыпызыщэну сабийхэми 11-нэ классыр къэзыухыу гъащIэм лъагъуэщIэ щыпхызыш ныбжьыщIэхэми си гуапэу сохъуэхъу мурадрэ хъуэпсапIэу яIэр къайхъулIэну, я гурылъ псоми нэсыну. КъытщIэхъуэ щIэблэм иIэ зэфIэкIым, бгъэдэлъ щIэныгъэм къэралым и къэкIуэнур зэрелъытар къызыгурыIуэ дэ, егъэджакIуэхэри, гъэ еджэгъуэщIэм узыншэ Тхьэм дыхуищI, лъэпкъым, къэралым я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ ди къалэнхэр Тхьэм къыдигъэхъулIэ. КЪАРДЭН Раисэ, егъэджакIуэ. Си гъуэгугъэлъагъуэ Сабийм и къэкIуэнур куэдкIэ елъытауэ жыпIэ хъунущ и егъэджакIуэм. Хамэ сабийр уи IэмыщIэ иплъхьэныр, абы гъэсэныгъэрэ щIэныгъэрэ ебгъэгъуэтыныр тыншкъым. Аращ егъэджакIуэ IэщIагъэр сытым дежи пщIэ хэха зиIэу, атIэми гугъуу къалъытэу къыщIекIуэкIыр. А къалэн псори къызыхуэтыншэу яхузэфIокI а IэщIагъэм зи гумрэ зи псэмрэ етауэ ирилажьэхэм. Апхуэдэхэм ящыщщ Аруан щIыналъэм хыхьэ Къэхъун жылэм дэт курыт школ №2-м урысыбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэдж Бэрэздж Аидэ. Аидэ Псынабэ къуажэм къыщалъхуащ. 1986 гъэм къуажэ курыт еджапIэр ехъулIэныгъэфIхэр иIэу къиухащ. А илъэс дыдэм щIэтIысхьащ КъБКъУ-м и филологие факультетым урысыбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэм. Илъэс 25-рэ хъуауэ ар щолажьэ Къэхъун дэт курыт еджапIэ №2-м. Зи лэжьыгъэр фIыуэ зылъагъу цIыху Iэдэбщ Аидэ, ар сыт щыгъуи иужь итщ и щIэныгъэм зэрыхигъэхъуэным, ар щIэблэм щIэщыгъуэу зэрабгъэдилъхьэным. Псэ хьэлэлу, еш имыщIэу и IэнатIэм пэрытщ сытым дежи. Сабийхэм гулъытэ хэха яхуэзыщI, ахэр тхэным, еджэным дезыгъэхьэхыф егъэджакIуэщ ар. Бэрэзджым и гъэсэнхэр сыт хуэдэ зэпеуэми увыпIэфIхэр къыщахьу, щытхъу тхылъхэр, саугъэтхэр кърату йокIуэкI. И IэщIагъэм гулъытэшхуэ зэрыхуищIым папщIэ езыми куэдрэ къыхуагъэфэщащ щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр, саугъэтхэр. Апхуэдэщ зи Iуэху зехьэкIэр фIы защIэкIэ сигу къина си егъэджакIуэр, си унэтIакIуэр. Иджыблагъэ Аидэ и ныбжьыр илъэс бжыгъэ дахэ ирикъуащ. ЩIэблэм я ущиякIуэ щыпкъэм сохъуэхъу узыншагъэ быдэ иIэу, гукъыдэжыр и куэду иджыри илъэс куэдкIэ и IэнатIэм пэрытыну! КIЭШ Миланэ Псапэр ди напэщ «Псапэ» псалъэр адыгэхэм фIыуэ тлъагъу псалъэхэм ящыщщ. Ар щIэныр и хьэлщ ди лъэпкъым. Ар къызыпэкIуэну зы Iэмали къызэрыдмыгъэнэным дыхущIокъу. Псапэм и къэкIуапIэхэр куэд мэхъу, фIы зыщIэну зи мурадми зэрищIэн игъуэтынущ. ИгъащIэ лъандэри къокIуэкI къулейм, зыхузэфIэкIым щытыкIэ хьэлъэ ихуа цIыхум, унагъуэм зыщIигъакъуэу, апхуэдэхэм хуэгъэзауэ псапащIэ Iуэхухэр илэжьу. Языныкъуэ псапэхэр цIыхум и щхьэ Iуэху закъуэу щытщ, языныкъуэхэр нэгъуэщIхэми ялъоIэс. ЦIыхухэр я хьэлкIэ, я зэфIэкIкIэ зэхуэдэкъыми, зым емыкIур адрейм йокIу, зым къытехьэлъэр адрейм фIэтыншщ. ЩIэныгъэ Iуэхур къызэхъулIэ, зэджэр фIыуэ къызыгурыIуэ, цIыхухэми ар тыншу ягурызыгъэIуэжыф щыIэщи, апхуэдэм ищIэну щыIэм я нэхъыфIыр аращ. Щэн-къэщэхуным хэт, мылъку къызыхэхъуэхэм ящIэнум я нэхъыфIыр муслъымэным я Iуэхум мылъкукIэ хэIэбэнращи, абы хуэщIауэ щытын хуейщ я псапащIэ лэжьыгъэри. Ди нэхъыжь Iущхэм ящIэрт Iуэхур псапэкIэ зэрыщIэбдзэн хуейр. Псапэр дигурэ ди псэкIэ дгъэзащIэ Iуэхугъуэщ, псапэ зыщIэр и щхьэ щытхъужыркъым, зыхуищIар имыгъэукIытэн папщIэ. ЦIыхум псапэ ищIэхукIэ и закъуэ дунейм къытенэнукъым. Сыту пIэрэ апхуэдэу щIыжаIэр? Сыт зым щIыхузэфIэкIыр махуэ къэс нэгъуэщI цIыхум и гур хигъахъуэу псэуну, фIыкIэ и цIэр Iуну? Псори зэлъытыжар цIыхум и Iуэху зехьэкIэрщ. Пэжыр жыпIэнумэ, мы лъэныкъуэм укъытепсэлъыхьыну иужь уихьэмэ, урегъэгупсыс: «Апхуэдиз цIыхум, IуэхущIапIэм, уеблэмэ жылагъуэхэм мылъкукIэ ядэIэпыкъун дауэ яхузэфIэкIрэ?» АтIэми, ар зэрахузэфIэкIыр хьэкъщ. Псапэ зылэжь цIыхухэр щапхъэ щохъу жылагъуэм икIи къакъуэувэни ягъуэт. «ФIы пщIэмэ, фIы бгъуэтыжынщ», - жиIащ пасэрейм. Псапэ къызэрытхьыну Iэмалхэр Алыхьым псынщIэ тщищI, къытщищIари къабылу Алыхьым тIих. ДЗЭМЫХЬ Аринэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "564.txt" }
Извещение ИЗВЕЩЕНИЕ к сведению избирательных объединений, зарегистрировавших списки кандидатов в депутаты Парламента Кабардино-Балкарской Республики шестого созыва, назначенных на 8 сентября 2019 года. ГКУ «КБР-Медиа» уведомляет об общем еженедельном объеме печатной площади, бесплатно предоставляемой избирательным объединениям, выдвинувшим зарегистрированные списки кандидатов, для размещения агитационных материалов на период предвыборной кампании по подготовке и проведению выборов депутатов Парламента Кабардино-Балкарской Республики шестого созыва, назначенных на 8 сентября 2019 года, в средствах массовой информации, являющихся структурными подразделениями ГКУ «КБР-Медиа». ПЕРЕЧЕНЬ СМИ:
{ "source": "apkbr.ru", "id": "565.txt" }
Адыгэр сыт щыгъуи япэ итыпхъэщ Апхуэдэ къыхуеджэныгъэм щIэту и гъащIэр ихьащ бэнэкIэ хуитымкIэ дунейми Олимп джэгухэми я чемпион Аталай (Нагъуэ) Мэхьмуд. Тыркум къыщалъхуа икIи щыпсэуа шапсыгъ щIалэм зэи игу ихуакъым къызыхэкIа лъэпкъымрэ адэжь Хэкумрэ. Мэхьмуд и адэшхуэр шапсыгът, анэшхуэр - къэбэрдейт. Урыс-Кавказ зауэм иужькIэ адэжь Хэкур 1893 гъэм ирагъэбгынащ икIи я Нагъуэ унэцIэр зыхэхуа тыркухэм АталайкIэ ирагъэхъуэжащ. Арат и натIэр Уэсмэн къэралыгъуэм къыщыхута дэтхэнэ зы хэхэсми. Абыхэм сабийуэ къыздаша Ибрэхьим и ныбжьыр илъэсибл ирикъуа къудейми, фIы дыдэу и гум къинащ Кавказым и къуршыщхьэ тхъуахэр, тенджыз ФIыцIэ Iуфэ зэщIэгъагъэр, зэрыпхъуакIуэхэм къращIылIа лъапсэрых зауэр. Хэкур залымыгъэкIэ уагъэбгынэфынущ, уи унэцIэр уагъэхъуэжыфынущ, укъызыхэкIа лъэпкъри уагъэбзыщIыфынущ, ауэ гум илъыр зыми къыхуихынукъым. Ибрэхьим и унагъуэм щызекIуэр адыгэ хабзэмрэ зэхэтыкIэмрэт, зэрыщыпсалъэр анэдэлъхубзэрт. Аращ зыщIипIыкIари Тыркум и Чоракъ щIыпIэм 1934 гъэм гъатхэпэм (мартым) и 30-м къыщалъхуа, дуней псом цIэрыIуэ щыхъуа и къуэ Мэхьмуди. Хамэ щIыпIэ къыщыхъуа дэтхэнэ зыми хуэдэу, абы и гъащIэ гъуэгур езым иубзыхужащ, гугъуехьымрэ хьэзабымрэ къапимыкIуэту. Iэмалыншагъэм къыхилъхьа ерыщагъымрэ бэшэчагъымрэ Мэхьмуд и ехъулIэныгъэ инхэм я лъабжьэ быдэ хъуащ икIи Олимп лъагапIэм нашэсащ. «Си ныбжьыр илъэсипщI щыхъум щыщIэдзауэ, утыку сыкърашэурэ сагъэбэнащ, - игу къигъэкIыжырт шапсыгъ щIалэм. - Апхуэдэт дэтхэнэ адыгэ сабийри. Къуажэм хьэгъуэлIыгъуэ е губгъуэ лэжьыгъэхэм (вакIуэдэкI, гъавэ къехьэлIэжыгъуэ…) ехьэлIа дауэдапщэ гуэр къыщыхъуамэ, Iэмал имыIэу дыщызэрагъэбэнырт. Абыхэм ди Iэпкълъэпкъыр япсыхьырт, утыкум екIуу дитыфу драгъасэрт икIи текIуэныгъэм и IэфIагъыр щызыхэтщIэрт». Шэч хъэлъкъым, Мэхьмуд апхуэдэ зэхьэзэхуэхэм къахэжаныкIыу зэрыщытам. Армырамэ, гу къылъатэу спорт иным хашэнтэкъым. И ныбжьыр илъэс тIощIым щIигъухукIэ Аталай (Нагъуэ) Мэхьмуд зыщигъэсар щалъхуа щIыпIэращ. Дзэм ираджа иужькIэ, хуабжьу и насып къикIащ: Европэм и чемпион Жандемыр (Гугъэжь) Адыл и гупым хэхуащ. БэнакIуэ цIэрыIуэм и лъэпкъэгъур (езыри шапсыгът) адрейхэм къахигъэщхьэхукIащ икIи и зэфIэкI, Iэзагъэ псори бгъэдилъхьэну хущIэкъуащ. «Догу (ГъукIэ) Яшар игъэсащ Жандемыр (Гугъэжь) Адыл, иужьым сэ сигъэсэжащ, - жиIэрт Мэхьмуд. - Яшар тIуми куэд дигъэщIащ, аращ ди егъэджакIуэ нэхъыщхьэу щытар. Сэ иужькIэ згъэсэжахэми, адыгэ бэнакIуэ Iэджэ спортым къыхашащ икIи ди пщIэр лъагэу яIэтащ». Гу лъытапхъэщ мы Iуэхугъуэм: Тыркум къыщыхъуа адыгэ сабийхэр куэдрэ я нэIэ щIэхуэрт бэнэкIэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ Европэми, дунейми, Олимпиадэхэми ехъулIэныгъэшхуэхэр щаIауэ, иужькIэ тренер IэнатIэм пэрыува ди лъэпкъэгъухэм. Апхуэдэ щIыкIэкIэ зэрымыгъэгъуащэу зэрыIыгът, зэрыгъэгушхуэрт, текIуэныгъэхэм хуэкIуэрт. Аталай (Нагъуэ) Мэхьмуд япэ ехъулIэныгъэ иныр щызыIэригъэхьар и ныбжьыр илъэс тIощIрэ тхурэ хъуа иужькIэщ. 1959 гъэм ар Тыркум и чемпион хъуащ. Ущыпсэу къэралым ущытекIуэныр апхуэдэу мыехъулIэныгъэ инуи къызыщыхъун щыIэщ. АрщхьэкIэ зыщыгъэгъупщэн хуейкъым а лъэхъэнэм Тыркур бэнэкIэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ дуней псом щытепщэу зэрыщытар. ИкIи абы и гуп къыхэхам ухэхуэныр хуабжьу нэхъ гугъут, хамэ къэрал куэдым къикIахэр къыздрихьэлIа зэхьэзэхуэхэм ущытекIуэн нэхърэ. Тыркум щытепщэр дуней псоми щылъэщынут. Нэхъыщхьэр абы и гуп къыхэхам хэхуэнырт, къэралым узэрыщынэхъыфIыр къэгъэлъэгъуауэ. 1959 гъэм къыщыщIэдзауэ Мэхьмуд хузэIуха хъуащ дунейпсо ехъулIэныгъэхэм я бжэр. Тыркум и командэ къыхэхам и щIыхьыр ихъумэу а илъэсым ар щытекIуащ Бейрут щызэхэта Средиземнэ тенджыз Iуфэм Iус къэралхэм я зэпеуэм. Абы «олимпиадэ цIыкIукIэ» еджэрт. ИужькIэ а ехъулIэныгъэм къытригъэзэжащ. Щэнейрэ бжьыпэр щиубыдащ Балкан джэгухэм, тIэунейрэ Европэм и вице-чемпион хъуащ. Апхуэдиз текIуэныгъэм игъащIэ псокIэ ирипагэну ирикъунут дэтхэнэ зы бэнакIуэри. АрщхьэкIэ, Аталай (Нагъуэ) Мэхьмуд нэхъыбэжыр и плъапIэт, ауэ лIы нэсу щыпсыхьар ахэращ. «Зэгуэрым Балкан джэгухэр Софие щекIуэкIырт, - игу къигъэкIыжырт абы. - Хуабжьу гугъу кIэух зэIущIэ къыспэщылът, си хьэрхуэрэгъур хэгъэрейхэм зэращыщым къыхэкIыу. Утыку сыкъихьэн и пэ, бжэм дипIытIэри си Iэпэхэр пиубэрэжьыкIащ, зы къупщхьэ къутаи хэту. Си Iэр бэгащи, есщIэнур сщIэркъым. Сыбэнэну хьэмэрэ зэпеуэм сыкъыхэкIыну? Финалым сыщытекIуэмэ, Тыркум и гуп къыхэхам бжьыпэр иубыдынущ. Армырамэ, хэгъэрей болгархэр ди япэ ищынущ. Гупсысэ куум сыхэту Догу Яшар къызбгъэдыхьащ: «Сыт ущIыхэплъэр? - къригъэжьащ си гъэсакIуэм. - Тырку къэралыгъуэм иджыпсту и плъапIэр уэращ. Уадыгэкъэ уэ?!» А псалъэ ткIийхэм гупсысэ хьэлъэр занщIэу сщхьэщахури, тегушхуэныгъэ ин къысхалъхьащ. Абы иужькIэ утемыкIуэу хъурэт?!» Дауи, Аталай (Нагъуэ) Мэхьмуд и хьэрхуэрэгъур тридзащ, Iэ лъэныкъуэм фIэкIа хуиту къимыгъэсэбэпыфми. Псоми наIуэ ящыхъуащ адыгэхэр къызэримыкIуэтыр икIи я псэр пытыхукIэ бэнэныгъэм зэрыхэтынур. Гугъуу икIи нашэкъашэу щытащ Аталай (Нагъуэ) Мэхьмуд Олимп чемпионыгъэм зэрыхуэкIуа гъуэгур. 1963 гъэм Болгарием и къалащхьэм щызэхэта дунейпсо зэхьэзэхуэм тыркухэр ещанэ увыпIэм нэс къекIуэтэхащ. Апхуэдэ зэпеуэ иным япэу хэта Мэхьмуд пэщIэдзэ зэIущIэм щыхигъэщIащ Ираным къикIа Мовахед. Абы кIэлъигъэкIуащ хэгъэрей пелуан Вылчевыр, швед абрагъуэ Енсен. АдэкIи кIуэтэну къыщIэкIынт куржы бэнакIуэ Бериашвилирэ япон атлет Хориутирэ къытемыкIуатэмэ. Абыхэм я зэранкIэ медалыншэу къэна адыгэ щIалэм, иужькIэ «илъ ищIэжащ», зэман дэкIауэ хигъэщIэжри. ЕплIанэ увыпIэм фIэкIа къимыхьами, ди лъэпкъэгъум и бэнэкIэм куэд дихьэхат. Болгарием къыщыдэкI «Нова свет» газет цIэрыIуэм абы щыгъуэм итхащ: «Шэч къыщIытепхьэн щыIэкъым, Аталай (Нагъуэ) Мэхьмуд зыщIэхъуэпс спорт лъагапIэм и щыгум нэсынущ. Абы и вагъуэр къызэрыщIэкIыр иджыпстуи наIуэу уолагъу». АрщхьэкIэ а IуэхугъуэфIым иджыри илъэсищкIэ пэплъэн хуей хъуащ. Олимп чемпионыгъэм щIэбэныну Мэхьмуд Iэмал хъарзынэ къыхукъуэкIащ 1964 гъэм. Тыркум и командэ къыхэхам хэту ар ягъэкIуат Японием и къалащхьэм. АрщхьэкIэ XVIII Олимп джэгухэр абы къехъулIакъым. А зэманым бэнакIуэхэм я зэпеуэр зэрекIуэкIыр иджыпстурейхэм хуэдэутэкъым. Зэхьэзэхуэм къриубыдэу къуэдыуэ баллих къэзыхьар абы къыхагъэкIырт: очко бжыгъэкIэ текIуам - зы балл, зэрытемыгъэкIуамэ - баллитI, очко бжыгъэкIэ къыхагъэщIамэ - баллищ, къабзэу традзамэ - баллиплI къуэдыуэ хуагъэувырт. Къабзэу текIуам и закъуэт зыкIи зэмытхьэкъур. Мэхьмуд зыхэта килограмм 70-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм бэнакIуэ тIощIэ тIурэ кърихьэлIат. ЯпэщIыкIэ абы очко бжыгъэкIэ хигъэщIащ илъэс ипэкIэ къефIэкIа Совет Союзым щыщ Бериашвили Зарбег. АдэкIэ ятекIуащ Алыджым къикIа Иоанидис Стефанос, Пакистаным и лIыкIуэ Башир Мухьэммэд, Аргентинэм щыщ Варио Карлос. Абыхэм псоми ефIэкIа пэтми, къабзэу тридзар зырати, къуэдыуэ баллищ иIэ хъуащ. Японием къикIа Хориути Ивао къыщытекIуэм, зэхьэзэхуэм къыхагъэкIащ. Аргуэрыжьти, медалхэм пэгъуэнэгъу дыдэ хъуами, Iыхьэншэу къэнащ. Токио щекIуэкIа Олимп джэгухэмрэ къыкIэлъыкIуэ илъэсым Инджылызым щыIа дунейпсо чемпионатымрэ дерс гъуэзэджэ къыхихащ Мэхьмуд. Зэпеуэ къэс килограммих-блы кIэрызыгъэхун хуей хъу бэнакIуэм и къарур абы щIилъэсыкIырт икIи мурад ищIащ нэхъ хьэлъэхэм я зэпеуэм хэтыну. Арати, дунейпсо зэпеуэм дыжьын медалыр къыщихьа пэтми, килограмм 78-м нэсхэм яхыхьащ. Абы иужькIэщ текIуэныгъэ нэхъ инхэр щызыIэригъэхьар. Япэр къыщехъулIар 1966 гъэм США-м щыIа дунейпсо чемпионатращ. И хьэлъагъым «езэуэн» хуэмей Мэхьмуд зэпIэзэрыту зэхьэзэхуэм ирихьэлIащ. И хьэрхуэрэгъухэм яхэтт хэгъэрейхэм ящыщ Кауфман, Ираным икIа Техами, Японием и лIыкIуэ Ватабэ. АрщхьэкIэ, абыхэм къадэкIуэу бэнакIуитху хигъащIэри, адыгэ щIалэр финалым нэсащ. Иджы дыщэ медалыр зыIэригъэхьэн папщIэ къызэринэкIын хуейт дуней псом тIэунейрэ и чемпион совет пелуан гъуэзэджэ Сагарадзе Гурам. Аталай (Нагъуэ) Мэхьмуд зэрызэпIэзэрытт. И хьэрхуэрэгъу лъэщым къыпикIуэтыну абы зигъэхьэзыртэкъым. КъищынэмыщIауэ, ищIэрт а тIум я зэпэщIэтыныгъэм кърикIуэм зэрелъытар езыхэр зи пашэ Тыркумрэ Совет Союзымрэ я командэ къыхэхахэм гуп зэпеуэм хэт бжьыпэр щиубыдынуми. Ар къигъэдзыхакъым кIэух зэпеуэм ирихьэлIэу температурэ лъагэ иIэ зэрыхъуам. Дохутырхэм къыпаубыдами, ар алэрыбгъум къихьащ. ИкIи псоми наIуэ ящищIащ дуней псом абы хуэдэ зэрытемытыр - дыщэ медалымрэ чемпионыгъэмрэ зыIэригъэхьащ. КъыкIэлъыкIуэ лъэхъэнэр Олимп джэгухэм зыхуэгъэхьэзырыным хухихащ. Ар Мексикэм кIуащ, и ныбжьыр илъэс 34-рэ хъуами, и къарумрэ зэфIэкIымрэ хуабжьу къигъэгугъэу. ЗэкIэлъхьэужьу абы хигъэщIащ США-м, Италием, Кореем, Ираным, Монголием я бэнакIуэ лъэщхэр икIи финалым нэсащ. КIэух зэIущIэм къыщыпэщIэтт Франджым икIа Робен Даниел. Ар хуабжьу бэнакIуэ щIыкIейт, ауэ абыи Iэмал къыхуигъуэтащ адыгэ щIалэм. ЗэрыщIадзэу ебгъэрыкIуэныгъэ зэкIэлъхьэужь лъэщхэр трикъутэри, Iэнкун ищIащ. АдэкIэ дыщэ медалымрэ Олимп лъагапIэмрэ къыпэплъэрт! Дуней псоми Олимп джэгухэми я чемпион, Тыркум и чемпионатым пщыкIутхурэ щытекIуа Аталай (Нагъуэ) Мэхьмуд абы иужькIэ бэнэныр щигъэтащ икIи щIэблэр а спорт лIэужьыгъуэ телъыджэм хуигъасэ хъуащ. Илъэс пщыкIутхукIэ пэрытащ а IэнатIэм икIи щIалэщIэ куэд чемпионыгъэм хуэзышэ гъуэгум тригъэуващ. Абыхэм ди лъэпкъэгъу Iэджи яхэтащ икIи дэтхэнэми жриIэ хабзэт: «Уэ уадыгэщ икIи сыт щыгъуи япэ уитыпхъэщ». Аращ езыри и гъащIэм зытетар. 2004 гъэм дыгъэгъазэм (декабрым) и 5-м дунейм ехыжащ. КъыщIэна бынищыр, абыхэм къалъхужахэр къызытехъукIыжа Аталай (Нагъуэ) Мэхьмуд иригушхуэу мэпсэу, къызыхэкIа адыгэ лъэпкъымрэ щыпсэу Тырку къэралыгъуэмрэ я пщIэр яIэту. ЖЫЛАСЭ Заурбэч.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "566.txt" }
ГукъэкIыж Iуащхьэхэм я щэхухэр СызэрыцIыкIурэ сэ сыдахьэхырт дыщыпсэу Дзэлыкъуэ къуажэм ихъуреягъкIэ къекIуэкI Iуащхьэхэм. ЦIыкIуми инми апхуэдэ Iуащхьэу 10-м нэблагъэ плъагъурт ди къуажэм удэту. Нэхъыжьхэм къыджаIэрт ахэр пасэ зэманым псэуа цIыху къулейхэм я кхъащхьэу зэрыщытыр. Псом хуэмыдэу сэ сфIэгъэщIэгъуэнт Дзэлыкъуэ и ипщэ лъэныкъуэмкIэ екIуэкI щыгум тет Мамыщ и Iуащхьэ лъагэр. Жыжьэу уплъэмэ, а Iуащхьэм и щыгум иджыри лъагапIэ гуэр иIэу къыпфIэщIырт. Зэгуэрым си адэм сеупщIащ а Iуащхьэм апхуэдэу щIеджэмкIэ, абы иIэ щыгу цIыкIур зищIысымкIэ. «Ар щыгу цIыкIукъым, атIэ Бабыгуей (Сэрмакъ) жылэм щыпсэуа адыгэ абрэдж щэджащэ Мамыщ и кхъащхьэщ. Ар Пушкиным и Дубровскэм хуэдэу, къулейхэм, цIыхухэм яхуэбзаджэхэм япэщIэтащ. Зэгуэрым Мамыщ зэрылIыкIыну уIэгъэр къытехуащ. Абы и ныбжьэгъухэр бийм зыIэрамыгъэхьэну щыщIэпхъуэжым, я пашэри утыку къранакъым. И псэр щыхэкIым Мамыщ абыхэм уэсят яхуищIащ зи щыгум уиту уплъэмэ, и жылэр щыплъагъу Iуащхьэм и хьэдэр щыщIалъхьэну», - къызжиIащ си адэм. А хъыбарыр си классэгъухэм щахуэсIуэтэжым, зы щIалэ цIыкIум, Борщенкэ Анатолий, жиIэжащ Ашэбей (Малкэ) къуажэм и щIыбкIэ щыIэ Iуащхьэхэр къыщатIэщIым и нэгу щIэкIахэр. Абы щыгъуэм илъэс 12 хъу а щIалэ цIыкIум археологхэм псы яхуишат. Толэ зэрыжиIэжымкIэ, Iуащхьэм щIатIат скифхэм я пащтыхьыр. Ар дыщэ тахътэм тест. Абы ихъуреягъкIэ цIыхубзи 6-м, и щхьэхъуми 6-м, шыхэм я щхьэкъупщхьэхэр щылът. ЩIэныгъэлIхэм ящыщ зым зэрыжиIамкIэ, скифхэм къалъытэрт ахърэтми пщыр и щхьэгъусэхэмрэ щхьэхъумэхэмрэ щахуэныкъуэу. Си ныбжьэгъу нэхъыжьым къиIуэтэжа хъыбарыр сфIэгъэщIэгъуэн хъуати, абы зи гугъу ищIа Iуащхьэмрэ дыщэ тахътэмрэ зэзгъэлъагъуну си нэ къыхуикIырт. 1936 гъэм и бжьыхьэм 7-нэ классым щIэс еджакIуэхэр Сэрмакъ къуажэм щекIуэкI район зэхыхьэм дашат. Малкэ жылэм дыщыдэкIым Толэ дигъэлъэгъуащ зи гугъу къытхуищIа Iуащхьэр. ИужькIэ илъэс куэд дэкIауэ журнал гуэрым сыкъещеджауэ щытащ скифхэм я пащтыхь тахътэм теухуа хъыбар кIэщI. Абы и ужькIи ар здэщыIэм сыщIэупщIащ, ауэ а тахътэр здашар зыми къызжиIэфакъым. 1953 гъэм сэ япэу Кремлым сыщыIащ. Абы щыгъуэм Iэщэ зыщIэлъ пэшым и лэжьакIуэхэм къызжаIат скифхэм я пащтыхьым и тахътэр Ленинград щыIэ Эрмитажым щIэлъынкIэ зэрыхъунур. Гъэхэр кIуэрт, дыщэ тахътэм и щэхухэми гупсэхугъуэ къызатыртэкъым. Ар къызыщIаха Iуащхьэм куэдри сыблэкIащ икIи сытым дежи сегупсысырт абы и тхыдэр нэсу къэхута зэрымыхъум. 60 гъэхэм а Iуащхьэм и щыгум щагъэувауэ щытащ щхьэ зытелъ уэршэрыпIэ екIухэр. Абдежым щысу зыгъэпсэхуакIуэхэм яфIэфIт Кавказ бгыхэр зэпаплъыхьын. ТIысыпIэр зыгъэува ухуакIуэхэр щыгъуазэу къыщIэкIынтэкъым илъэс 40 ипэкIэ Iуащхьэр къызэратIэщIам. Абы къыхэкIыу зыгъэпсэхупIэм и лъабжьэм и зы Iыхьэр илъэс мин бжыгъэ ипэкIэ зэтракIутам, адрейр археологхэм къатIа щIым хуэзащ. Абы къыхэкIыу щысыпIэр лъэныкъуабэ хъури, къэуэжащ. 1986 гъэм и жэпуэгъуэ мазэм Ленинград щызэхуэсат Япэ гвардие армэм и ветеранхэм я советыр. А зэIущIэм сэри срихьэлIат. Дэ дыщыIащ школ, IуэхущIапIэ зыбжанэм, апхуэдэу Эрмитажым. Ветеранхэм я советым и тхьэмадэм и лъэIукIэ цIыху зыбжанэ хуит дащIри, Эрмитажым щахъумэ хьэпшып нэхъ лъапIэ дыдэхэр зыщIэлъ щIыунэм дыщIагъэхьат. Абы щIэт цIыхубзым скифхэм я пащтыхьым и тахътэм теухуауэ сыщеупщIым къызжиIащ, ар Эрмитажым къыщыувам а хьэпшыпыр абы зэрыщымыIэжар, ауэ музейм и лэжьакIуэ нэхъыжьхэм абы и гугъу ящIу куэдрэ зэрызэхихар. Апхуэдэу тахътэм и Iуэхур къызэрекIуэкIар си дежкIэ щэхуу къэнащ. Iуащхьэ куэдым яхъумэ апхуэдэ щэхухэр. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, абыхэм яIэ мыхьэнэр къагурымыIуэу нэхъыбэр зэхакъутэж. Полищук Иван. ГушыIэ Хъуэжэ езым зыкъигъэпцIэжащ Хъуэжэ зы Iуэху къылъыкъуэкIауэ, пIащIэу и унэ кIуэжырт. Уэрамым щызэхэт цIыху гупым щаблэкIым зыгуэр къеупщIащ: - СлIожь, Хъуэжэ, уи кIэм мафIэ щIэна, дэнэ апхуэдизу упIащIэу уздэжэр? – жиIэри. Хъуэжэ и кIэм еплъыжри: - Хьэуэ, мафIэ лъэпкъ слъагъуркъым, - жиIащ. - АтIэ, дэнэ уздэжэр? – къеупщIащ аргуэру а зэгуэпыгъуэр. Хъуэжэ къызэтеувыIащ, лIыр гъунэгъуу зыбгъэдишэри, щэху дыдэу жриIащ: - Хъурмэ куэд къашауэ къалэжьыщхьэ деж пщIэншэу щат, си хъуржыныжьыр цIыкIуIуэ къысщыхъужауэ, чыматэри къэсщтэну сокIуэж, зыми жумыIэу уи закъуэ къыдэкI, - жиIэри Хъуэжэ и унэм дэлъэдэжащ. Зы тэлай дэкIауэ, Хъуэжэ щхьэгъубжэмкIэ дэплъри, къилъэгъуащ пэгун, матэ, хъуржын яIыгъыу хъурмэхьэ пхъэра цIыхухэр. - Уоу, зыхэзгъэкIыжырти пщIэншэу ят хъурмэм, - жиIэри и хъуржыныжьымрэ зы чыматэрэ къищтэри езыри якIэлъыдэжащ бгым. КъэпцIа цIыхухэр бгыщхьэм щызэрызехьэу тетт, къэзыгъэпцIам лъыхъуэхэу. Япэ зыхуэзауэ щыта лIым Хъуэжэ къызэрилъагъуу къепхъуэри утыкум ирилъэфащ: - Мис а пцIыр зыгъэIуар, - жиIэри. - Хэт жысIэу зэхиха, къызэфшалIэ мыдэ! – япигъэуващ Хъуэжэ. - Сэ щэхуу къызжепIащ, - жиIэри лIы зэгуэпыгъуэр къэуващ. - Си шыдыр хьэм щишхым щыгъуэ си макъым къызэрикIкIэ сыкIияти, зыми зэхихакъым, иджы уэ зым щэхуу бжесIар сыту псынщIэу къуажэ псом щызэлъащIыса? - жиIэри яхуидакъым Хъуэжэ «пцIы» къытралъхьэу. КъардэнгъущI Зырамыку. ПсынщIэрыпсалъэхэр Дыгъэ къепсым сыкъригъэпсри Мыщэр пэщащэу мыщэхупщейм дэпщейри, нэхущым къепщыхыжащ. Дыгъэ къепсым сыкъригъэпсри, си нэпсыр ткIуэпс-ткIуэпсу къыщIигъэлъэлъащ... Мейм мищэ щыпыщэщым щIэщэща пщIащэм мыщэ щопэщащэ. Бжьахъуэм и пыIэр хуэбыхъущ, бжьахъуэм и вакъэр хуэмыхъущ. Iэпхъуалъэ фIыцIэ, псырылъэ цIу, псырылъэ фIыцIэ, Iэпхъуалъэ цIу. Ди пщIэгъуалэжьыр кIагуэ пэхущ, кIапэ хужьщ, кIэмажьэкIэщ, псы кIэнтхъ ифщ, псыIуфэрыхъущ. Жьэгум дэлъ яжьэ жьэражьэм лIыжь жьакIэхум кхъужь мыхъу пэрихъумащ. Абы лъандэрэ селъэIужыркъым… Хъыбар Си шынэхъыжь Мухьэрбий, дэнэ мыкIуэми, зэи сыздишэртэкъым. «Уэ иджыри уцIыкIущ, кIуэжи пщIантIэм дэс», - жиIэрти сыкърихужьэжырт. «НтIэ, сэ апхуэдэу сыцIыкIу, - жысIэрт сигукIэ. – Илъэс пщыкIутI сыхъуркъэ! И гугъэм, уэлэхьи, езыр лIы хьэзыру! ИлъэсиплI къудейкъэ сэ нэхърэ зэрынэхъыжьыр? НтIэ ар куэд?» Зы махуэ гуэрым, «псым сокIуэ» жеIэри, докI. Сэ мурад сощI ар здэкIуэр зэзгъэщIэну. Щэхуу сыкIэлъыкIуэурэ, соплъакIуэ. Сыт пцIы щIиупсар? Уэлэхьи, Хьэрунхэ я хадапхэм зэрынэсу, кIарц щIагъым щIэтIысхьауэ, адэкIи-мыдэкIи лъэмбытI имычауэ, щысым. Сэ, зызудыгъуауэ, псыхъуэм сыдэсщ, мыбы ищIэр зэзмыгъэлъагъумэ, жысIэу. Еуэ сыщысщ, еуэ сыщысщ. Си щхьэр къэсIэтурэ соплъэ. Солъагъу зигъэлIу Мухьэрбий тутын зэрефэр. Iугъуэр дрегъэхуейри, Хьэрунхэ я шыгъуэгу хадэм хэлъ куэбжэ цIыкIумкIэ маплъэ, и нэр тедияуэ. Сыт а куэбжэ цIыкIум абы къыкIэригъуэтар? Сэ абыкIэ Iэджэрэ псыхъуэм сокIуэри, Iусхыху сыкъегъэгубжь: сыт хуэдэу ину кIыргърэ ар! НтIэ, лIо абыкIэ щIэплъэр Мухьэрбий? Зыкъомрэ сыщысауэ, куэбжэ цIыкIум и кIыргъ макъ къоIу. Си щхьэр къызоIэтри, абыкIэ соплъэ. Хэт абы къыдэкIар? Уэлэхьи, месым, ХьэIишэтым. Нышэдибэ щыгъа и плIэ хужьри щыгъщ. Мухьэрбий тутыныр хыфIедзэри, къызэфIоувэ, и гъуэншэджым йосэбауэ, и щхьэцыр ежьри, кIарц жыгымкIэ къакIуэ ХьэIишэт и дежкIэ плъэуэ мэувыж. ХьэIишэт абы хуэмурэ къыбгъэдохьэ, зэм и щхьэр ирихьэхыу, зэми лъэныкъуэкIэ плъэуэ. Мухьэрбий и деж къызэрысу, къоувыIэри и Iэр къыхуеший. Мухьэрбий ХьэIишэт и Iэр зытIэкIурэ иIыгъщ, итIанэ ахэр зэбгъурыту йожьэ. Хуэмурэ макIуэ, я щхьэхэр егъэзыхауэ. Сэ апхуэдэу си щхьэр щезгъэзыхыр зыгуэркIэ сыкъуэншауэ мамэ къыщызэшхыдэм дежщ. НтIэ хэт мо тIум иджыпсту ешхыдар: уэлэхьи, зы цIыхум къамылъагъу, сэ фIэкIа. Сэ зэрыслъагъури ямыщIэххэ. МакIуэ а тIур апхуэдэу, зэм я блыпкъ зэIусэу, зэми нэхъ зэпэжыжьэ хъууэ. Сэри, си нэр ятенауэ, сакIэлъоплъ, псыхъуэм сыдэту. СакIэлъыкIуэнути – сошынэ: Мухьэрбий сыкъилъагъумэ, узыгъуэ къизитынущ. ИтIани, схуэмышэчу, хуэмурэ а тIум сакIэлъокIуатэ. ХьэIишэт къызоплъэкI – сэ занщIэу щIым зыхызодзэ. Сыкъэгузэващи, си гур, «тIыркъ-тIыркъ» жиIэу, зэкIэлъигъэпIащIэу къоуэ. ИгъащIэм сыщышынэу щытакъым ХьэIишэт. Сытым хуэдэу фIыуэ сыкъилъагъурэ абы! Сызыбгъэдешэри къысщогуфIыкI, кIэнфет е пыченэ къызимыту зэи къигъанэркъым. Сыт-тIэ иджы абы сыкъилъагъункIэ сыщIэшынэр? Уэлэхьи, сымыщIэ. Моуэ зы щэху гуэр дэсщIэ хъуа хуэдэу къысфIощI. Сыт щэху? Мес, зыри къэхъуакъым, Мухьэрбийрэ абырэ зэбгъурыту макIуэ. Асыхьэтым Мухьэрбий зыкърегъэзэкIри, псынщIэу си дежкIэ къеунэтI. Сэ апхуэдизкIэ сыгужьеящи, зытIэкIурэ си пIэм сижыхьауэ сыщытщ. ИтIанэ зызочри – хухуху-апщий! – сыщIопхъуэж. АрщхьэкIэ куэд уигъэкIунт си къуэш лъакъуэ кIыхьым! Си пщафэр еубыд, зы дыдж гуэр ишха хуэдэ, и нэкIур зэхуешэри, и нитIыр къыстриубыдауэ, къызоплъ. - ЛIо узыхуейр?! СутIыпщ, зо! - сокIий сэ, Мухьэрбий къызэуэнкIэ сышынэу. - Мы-хьэ-нэн-шэ! - абы фIэкIэ къызжимыIэу, къызоIунщI, сыкъыIуедзри егъэзэж. Зы Iуэху мыхъумыщIэ гуэр зэрызлэжьар къызгуроIуэжри, сызэмыплъэкIыу, сокIуэж ди унэ… Абы лъандэрэ Мухьэрбий зэи селъэIужыркъым, «уздэкIуэм сыздэшэ», жысIэу. Къагъырмэс Борис. Иуан Владимир * * * ЖумыIэфу а уи гущIэм Щыбохъумэ гухэлъ гуэр, Гурэ гурэ щызэрыщIэм, Щхьэ епхьэхрэ къызэплъ нэр. ЖыIэ, жыIэ сыт къэхъуами СедэIуэну сыхьэзырщ. Адэ жыжьэу щIэпхъумари КъэзыщIэну хуейр сэ зырщ. * * * Зэхызох жаIэу: докI зэмани И гуауэр цIыхум щогъупщэж. УIэгъэ пэтрэ, лъэужь къанэу, ЗдэкIуар умыщIэу хогъуэщэж. А псалъэр пэжу сыщыгугъыу Си фIэщ щыхъуам ар – сыщыуащ. Ауэ а лажьэр пщигъэгъупщэу, НэгъуэщI къыплъымысым уунащ. * * * Дэ къытщохъу нэгъуэщIым лъысыр Нэхъ IыхьэфIу, нэхъ гунэсу. Тхуэфэщэжыр къыщытлъысым Къохъур куэдрэ зыдгъэгусэу. Сыти жыIэ, сыти лэжь, Къылъосыжыр щхьэж къилэжь. * * * ГъэщIэгъуэнщ цIыху хьэлыр, Зэрыщытыр имыщIэжу, ФIэбылымщ нэгъуэщIыр, Игъэсэну хуожьэ псори, Езым зимыщIэжу. ЗыкъищIэжым, зеущэхури, ЗегъэIу нэхъ къабзэжу. Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ
{ "source": "apkbr.ru", "id": "567.txt" }
«Адыгэ псалъэм» и гъэсэнхэр Щапхъэ ЦIыху зыгъасэ псэм и щIасэщ Тхыгъэм фIэщыгъэ хуэсщIа псалъэжьым гупсысэшхуэ щIэлъщ. Ар хуэгъэзауэ къызолъытэ зи гугъу фхуэсщIыну цIыху щыпкъэм хуэдэхэм. Ар си адэ шыпхъу, Бахъсэн къалэм дэт курыт школ №1-м адыгэбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэдж Жыгун Ленэ Хьэтал ипхъурщ. Ленэ илъэс 30-м щIигъуауэ щIэблэм яхэтщ, абыхэм лъэпкъ гъэсэныгъэрэ щIэныгъэ куурэ ябгъэдилхьэу. Жыгун Ленэ иджыпсту Бахъсэн дэсщ, ауэ и сабиигъуэри и щIалэгъуэри щигъэкIуар Къулъкъужын Ипщэщ. Абы дэт курыт еджапIэр къиухри, а илъэсым щIэтIысхьащ Налшык дэт педучилищэм. Ар 1987 гъэм ехъулIэныгъэкIэ къиухащ икIи егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм пэрыуващ. ЯпэщIыкIэ абы пэщIэдзэ классхэм щригъэджащ. Зэрылажьэм хуэдэурэ, абы и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ КъБКъУ-м адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэм. ИужькIэ класс нэхъыжьхэри дзыхь къыхуащIри, илъэс куэд лъандэрэ абыхэм ядолажьэ. А зэманым къриубыдэу езы еджапIэми, къалэми, уеблэмэ республикэми адыгэбзэмкIэ щекIуэкIа зэпеуэ куэдым Лени и еджакIуэхэри хэтащ, увыпIэфIхэр къыщахьу. И IэщIагъэр мытыншми, Ленэ зэи тезэшакъым абы, пэрыувагъащIэм хуэдэу, ар и щIэщыгъуэу ноби ирехьэкI, еш имыIэу. Абы и урокхэр гъэщIэгъуэнщ, щIэ гуэр къыщамыщIауэ цIыкIухэр абы къыщIэкIыжыркъым. Жэуаплыныгъэ зыхэлъ егъэджакIуэм и гъэсэнхэри абы къыхуреджэ. Си щхьэкIэ, къапщтэмэ, си адэ шыпхъуращ сэ щапхъэ схуэхъуар адыгэбзэмрэ лъэпкъ литературэмрэ нэхъ куууэ зджынымкIэ. Сэ сощIэж школым сыщIэсу Ленэ и гъусэу абы и лэжьапIэм сызэрыкIуахэр. Абы щыгъуэ сэ абы и лэжьыгъэми, урокыр зэрыригъэкIуэкI щIыкIэхэми, еджакIуэхэр пщIэ къыхуащIу къызэрыбгъэдэтми сехъуэпсат. Сэ сигу ислъхьат Ленэ ещхьу егъэджакIуэ сыхъуну. Зэман дэкIри школыр къэзухащ, егъэджакIуэ IэщIагъэм сыхуеджэну Налшык дэт педколледжым сыщIэтIысхьащ. Ар къэзухауэ, иджы сэри, Ленэ ещхьу, школым сыщолажьэ, цIыкIухэм сахэту. Сэ си лэжьыгъэм абы и дерс куэд къыщызогъэсэбэп. Ленэ щытхъу иIэу и IэнатIэр ирехьэкI. И лэжьыгъэфIым папщIэ абы къыхуагъэфэщащ щытхъу, фIыщIэ тхылъхэр. Ар ящыщщ «Си бзэ - си псэ, си дуней» республикэпсо зэпеуэм къыхэжаныкIахэми. Школым щызэфIих лэжьыгъэм къыдэкIуэу ар хуэжыджэрщ жылагъуэ Iуэхухэми. Ар яхуэнабдзэгубдзаплъэщ лэжьыгъэм пэрыувагъащIэ IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэм, сыткIи защIигъэкъуэну хьэзыру. Ленэ и Iуэху зехьэкIэ пэрытым къыхэсхаращи, «сыадыгэщ» жызыIэ дэтхэнэ зыри и лъэпкъым гурэ псэкIэ хуэкъабзэу, абы и дэтхэнэ зы Iуэхуми фIыуэ щыгъуазэу, и хэкум и щIыхьыр ихъумэфу, нэмыс хэлъу щытын хуейщ. Лъэпкъ хабзэмрэ гупсысэмрэ уимыIэжмэ, улъэпкъыпсэкъым. Апхуэдэу къэмыхъун папщIэ ди къару псори, щIэныгъэу дбгъэдэлъри, ди щапхъэфIхэри абы дыщIыгъужу, дэ дыхущIэкъун хуейщ щIэблэ узыншэ къытщIэхъуэным. А Iуэхугъуэхэм хьэлэлу нобэр къыздэсым ятолажьэ Ленэ икIи, и насыпщи, къохъулIэ. АФIЭУНЭ Жаннэ. Фэеплъ Зи щIыхуэ ттелъ сэлэтхэр Зауэ… Сыту псалъэ кIэщI, атIэми лъыуэ, нэпсу, узу сыт хуэдиз зыщIифрэ абы. Уегупсысыну шынагъуэщ! Зауэр - ар анэхэм я гухэщIщ, мин бжыгъэкIэ хэкIуадэ сэлэтхэщ, зеиншэу къанэ сабийхэщ, адэ зыщхьэщымытыж унагъуэхэщ, цIыхухэм я гукъэкIыж хьэлъэщ. Илъэс 74-м щIигъуащ Хэку зауэшхуэр ди къэралым и ТекIуэныгъэкIэ зэриухрэ. Уасэшхуэ зыщIэтта а фIыгъуэр къытхуэзыхьа зауэлIым и фэеплъыр дапщэщи хъумэн хуейщ, пщIэшхуэ хуэтщIу. Си адэм и адэшхуэ Езауэ Хьэмзэт Къасбот и къуэм и ныбжьыр илъэс 50-м нэблэгъат, ди къэралым нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэр къыщытеуам щыгъуэ. Абы къуитI иIэт: илъэс 14-м ит Темыркъанрэ мазитI фIэкIа мыхъуа Темралрэ. Ди анэшхуэм зэрыжиIэжу щытамкIэ, зэщхьэгъусэхэм щIалэ нэхъыжьым иужькIэ къалъхухэр зэтIолъхуэныкъуэхэт. Дунейм къытехьэрти, асыхьэтым е махуэ бжыгъэкIэ псэурти лIэжхэрт. 1941 гъэм и мэлыжьыхь мазэми сабий цIыкIуитI дунейм къытехьащ: хъыджэбзрэ (ар хэпщIыкIыу нэхъ сабий пIащэт) щIалэ цIыкIунитIэ дыдэрэ. Ар апхуэдизкIэ цIыкIути, дунейм къытезыгъэхьа гъунэгъу цIыхубзым сабий цIыкIур и адэм и пыIэм ирилъхьэри хьэку дапхъэм тригъэуват, къэхъуну щымыгугъыххэу. Унагъуэр хъыджэбз цIыкIум щыгуфIыкIырт, арщхьэкIэ къуажэ дохутырым а хъыджэбз цIыкIум ишх дунейм зэрыщымыIэр къажриIащ икIи щIалэм еплъри къыщIигъужащ: «Мы сабийр зыхуей хуэзэмэ, псэунущ». Хъыджэбз цIыкIур зэрыпсэуар махуий къудейщ… Зауэр къэхъейри куэд дэмыкIыу Хьэмзэт фронтым ираджащ. 1942 гъэм ар Харьков деж хъыбарыншэу щыкIуэдащ. Ди анэшхуэр псэуху пэплъащ, лъыхъуащ абы. Гъунэгъу къуажэхэм лъэсу кIуэрт, и щхьэгъусэм и гъусэу зауэм дашахэм ящыщ зыгуэрым къигъэзэжауэ хъыбар зэхихамэ. Апхуэдэ лъэужь хьэлъэ куэд къигъэнащ а зауэ гущIэгъуншэм. Езауэхэ къащыщIари абыхэм ящыщ зыт, арщхьэкIэ хъыбарыр гъэщIэгъуэн зыщI зы Iуэхугъуэ хэлъщ абы. Нанэшхуэр дадэшхуэм и лъэужь лъыхъуэрэ гугъэурэ гъащIэр кIуащ, куэд щIащ ар дунейм зэрехыжрэ. Илъэс тIощIым щIигъуащ ди адэшхуэ Темыркъани зэрымыпсэужрэ, арщхьэкIэ Гугъэр, псори зыщыгугъ Гугъэр, щIэблэм я гум илъащ! Ар и гум илъ зэпытт псэууэ къытхуэна, псоми ди дадэу дыбж Езауэ Темрал Хьэмзэт и къуэми. Къэхъуну зыщымыгугъа сабийм къищIыкIащ щIыпIэр зэрыгушхуэ IэщIагъэлI: Темрал КъБР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэщ. Сытми, Темрал 2014 гъэм «Кабардино-Балкарская правда» газетым и къыдэкIыгъуэхэм ящыщ зым къриджыкIащ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу фашист концлагерхэм гъэру илIыхьахэм я цIэ-унэцIэхэр. Абы итт уи къурмакъейр уимыгъэбауэу щызыубыдыкI тхыгъэ: «Язавов Камзет Каспотович, 1894 г.р.». Дэ газетым и редакцэм зыщыхуэдгъазэм, Мюльберг къалэм дэта Нойбурксдорф концлагерым и электроннэ адресыр къыдатащ. Хьэмзэт и тхылъым дэлъащ и сурэтыр, и Iэпхъуамбэ печатыр, къыщалъхуа гъэр, гъэр щыхъуа илъэсыр, и унагъуэ щытыкIэр. Дэ шэч къытетхьакъым ар ди адэшхуэр арауэ зэрыщытым… УнэцIэхэр, цIэхэр пцIыуэ тха щIэхъуам и щхьэусыгъуэу къыжыпIэ хъунущ гъэрхэм еупщIкIэрэ жэуап къратыр, латиныбзэкIэ, зэрызэхахыу ятхауэ. Ди адэшхуэр 1942 гъэм мэкъуауэгъуэ мазэм Изюм къалэм деж гъэр щыхъуащ, а гъэ дыдэми, щэкIуэгъуэ мазэм и 29-м, дунейм ехыжащ. Спутник связымкIэ тыншу къыпхуолъагъу Хьэмзэт щыщIалъхьа щIыпIэр. … Унагъуэм теухуауэ итт: «Щхьэгъусэ иIэщ, зы щIалэ - Кемиркан (Темыркъан)»… КъызэрыщIэкIымкIэ, дадэшхуэ дунейм щехыжым ищIакъым и къуэ нэхъыщIэ Темрал зэрыпсэур. Ар цIыкIущэу къалъхуати, щыгугъыххакъым гъащIэ иIэу. АрщхьэкIэ «мылIэр лIы мэхъу», - жыхуаIэрати, Темрал къэхъуащ, щIэныгъи IэщIагъи зригъэгъуэтащ. Тхьэшхуэм иухат адэм и лъэужьым техьэнур, абы и кIуэдыкIам и пэжыпIэр къэзыщIынури Темралу щытыну. Илъэгъуауи имыщIэж и адэм, игъащIэ псокIэ зыхуэныкъуа и адэм и кхъащхьэр пыIэм икIуадэу щыта сабийм къигъуэтыжыну и натIэм къритхат… Дадэшхуэ теухуа хъыбархэр щаIуатэкIэ, Темрал жиIэрт: «Адэншэ гъащIэр гугъут. Сэ сегупсысыртэкъым унэшхуэ дызэримыIэм, щыгъыныджэу дызэрыщытым - адэ къызэрытщхьэщымытырат си гукъеуэр. Си насыпти, къуэш нэхъыжь сиIэт. Абы фIыуэ ищIэжырт ди адэри, и хъыбархэр къысхуиIуэтэжырт…» Зауэр къэзыгъэхъейхэм текъутапхъэ губжьыр пхуэмыгъэтIысынщ. ЩыIэу къыщIэкIынкъым а шынагъуэр зылъэмыIэса унагъуэ. Ар псоми яхэIэбащ гуауэкIэ: анэхэм я къуэхэр яфIэкIуэдащ, сабийхэм адэхэр, шыпхъухэм дэлъхухэр… Къуажэ хэкIуэдэжахэр, къалэ зэтекъутахэр, тепщэ хъуа мэжэщIалIагъэмрэ щIыIэмрэ - ихъуреягъыр гуауэрэ нэпсрэщ. Цlыху мелуанхэр кIуэцIрыкIащ а зауэ гущIэгъуншэм и курыкупсэм, хьэзабрэ гугъуехь куэдрэ яшэчу, ауэ ахэр хэпсэукIащ а лъэхъэнэ шынагъуэм, бийм текIуащ. Зи щIыхуэ ттелъ сэлэтхэм я фэеплъыр дывгъэхъумэ. Абыхэм я псэр ятащ ди къэкIуэну дахэм щхьэкIэ. ДЫЩЭКI Iэсият. Iуэху еплъыкIэ Си бзэ, си адыгэбзэ Анэдэлъхубзэ! Узыгъэгушхуэ псалъэхэр зэрызыхэпщIэр, узыщыщ лъэпкъри, абы и хабзэ дахэри, уи щIыналъэм хууиIэ пыщIэныгъэри къозыгъащIэр анэдэлъхубзэрщ. «Пщэдей си бзэр кIуэдыжынум, СылIэну нобэ сыхьэзырщ», - итхыгъащ дагъыстэн усакIуэшхуэ Гамзатов Расул. И бзэм и закъуэкъым абы и псэм нэхърэ игъэнэхъ лъапIэр. Бзэр Iурымылъыжмэ, кIуэдыжыну и лъэпкъри езым и щхьэм япэ нэхъ ирегъэщ усакIуэм. Сэ сызэреплъымкIэ, цIыхум фIыгъуэу зэригъэпэщахэм я нэхъ лъапIэщ лIэщIыгъуэкIэрэ къыдэгъуэгурыкIуэ и анэдэлъхубзэр. Ауэ ар зымылъытэ, абы пщIэ хуэзымыщI куэд гъащIэм урохьэлIэ. «Сыадыгэщ» жызыIэ куэд, ди жагъуэ зэрыхъунщи, я анэдэлъхубзэм ирипсэлъэфыркъым. АтIэ сыт зи анэдэлъхубзэкIэ мыпсэлъэфхэм адыгэкIэ дыщIеджэр? ЛIэщIыгъуэр зэпызыщIэри бзэращ: ди лъэпкъыр дызэрыгушхуэ хъугъуэфIыгъуэхэр, IэпщIэлъапщIагъэр, хабзэ дахэр ди деж къэзыхьэсар аракъэ! Абы и фIыгъэкIэ дэ дыщыгъуазэщ ди адэжьхэм къадэгъуэгурыкIуа уэрэд, хъыбар, псысэ, таурыхъ хьэлэмэтыщэхэм, тхыдэм къыщыхъуа Iуэхугъуэ инхэм. Ар уасэ зимыIэ къалэну ди бзэм хузэфIэкIащ. ЦIыхур дунейм тетыхукIэ, и лъэпкъым пыщIащ: и цIэр фIыкIэ игъэIуми, мыхъумыщIагъэ IэщIэщIэми. «Ар сыт лъэпкъ?» жаIэу щIэупщIэркъэ. Апхуэдэу щыщыткIэ, зыщыщ лъэпкъым и бзэм щхьэ гулъытэ хуищIын хуэмейрэ? Адыгэ хабзэр лIэщIыгъуэ куэд хъуауэ дуней псом щыцIэрыIуэщ. АтIэ ар апхуэдизу щыкъулейкIэ, ди бзэри нэхъ къулеижщ. Хабзэмрэ бзэмрэ къамэм и дзитIу щыщыткIэ, ахэр зымыхъумэжыф лъэпкъым гъащIэ кIыхь иIэнукъым. Псоми зэрытщIэщи, урысыбзэр бзэ нэхъ лъэщ дыдэхэм ящыщ зыщ. Пэжщ, ар умыщIэмэ, куэдым ухэнынущ, ар тэмэму зэдгъэщIэну ди къалэнщ, ауэ нэгъуэщIыбзэр зэбгъащIэу уи анэдэлъхубзэр хыфIэбдзэжыныр, абы гулъытэ хуумыщIыныр къуаншагъэшхуэщ. Дэ нэсу зыхэтщIэн хуейщ ди анэдэлъхубзэм и мыхьэнэр. Мыбдежым сигу къэкIыжащ КIыщокъуэ Алим и «Гъуэгу къежьапIэ» усэр. Анэдэлъэхубзэм къылъыса тхьэмыщкIагъэм игъэгузасэурэ езы усакIуэри дунейм ехыжащ, бзэм пыщIа гукъеуэхэр къанэри. Нобэр къыздэсым адыгэбзэр тэмэму «КъалэкIыхьым фIэкIыркъым», дэтхэнэ адыгэ унагъуэми, къуажэ, къалэ уэрамхэми, ар хуиту дэлъу щытамэ, ари фIыгъуэшхуэт. АрщхьэкIэ абыхэми щызэхэпхыр зыхуэдэр къыпхуэмыщIэ бзэ зэхэджащ. Адыгэбзэр зыджыну, зыщIэну хуэмейхэм къагурыIуэу къыщIэкIынкъым, анэдэлъхубзэр Iумпэм зыщIым къызыхэкIа лъэпкъри къыдалъхуахэри зэригъэпудыр. Сэ сызэреплъымкIэ, бзэм нэхъ пщIэ щигъуэтынур Iуэху иризэрахьэу, республикэм и IуэхущIапIэ псоми щызекIуэу хъумэщ. Псалъэмакъ гъущэхэмкIэ абы и мыхьэнэр къыпхуэIэтынукъым. Адыгэбзэр адыгэ лъэпкъым и лъапсэщ, и гъащIэщ, и псэукIэщ, и псэщ. Ди анэдэлъхубзэр ди гум щыдгъафIэтэмэ, ди лъэпкъым зиузэщI зэпыту зэрекIуэкIынум шэч хэлътэкъым. Сэ сыхуейт къэкIуэну щIэблэр ди бзэр яIурылъу къэхъуну. Ди бзэм и дахагъэр, и къулеягъэр зыщамыгъэгъупщэну. «Бзэр псэухукIэщ лъэпкъри зэрыпсэур», - итхауэ щытащ урыс педагогикэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа Ушинский Константин. Апхуэдэу щыщыткIэ, «сыадыгэщ» жызыIэ дэтхэнэ зыми хузэфIэкI илэжьын хуейщ ди бзэмрэ лъэпкъым къыдекIуэкI хабзэ дахэхэмрэ хъумэнымкIэ. УМАР Адалинэ. Iуэху зехьэкIэ пэрыт Унагъуэр быдэмэ, къэралыр лъэщщ Илъэс 25-м нэсауэ Нарткъалэ дэтщ «Унагъуэмрэ сабийхэмрэ социальнэу ядэIэпыкъунымкIэ республикэ центр» IуэхущIапIэр. Центрыр 1995 гъэм къызэIуахауэ щытащ а лъэхъэнэм Аруан куейм и Iэтащхьэу щыта Бозий Натбий, ЦIыхухэм социальнэу ядэIэпыкъунымкIэ район управленэм и унафэщI Бекъалды Розэ, министр Зумакулов Борис сымэ я жэрдэмкIэ. Мы зэманым центрыр щIэтщ КъБР-м Лэжьыгъэмрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм и нэIэм. Районми республикэми щыяпэ а центрым и лэжьыгъэр зэтриублэну дзыхь хуащIауэ щытащ егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм фIыщIэ куэд къыщызыхьа лэжьакIуэ IэкIуэлъакIуэ КIуащ Светланэ Нажмудин и пхъум. А цIыху щыпкъэр и пашэу, IуэхущIапIэм лэжьыгъэ куэд зэфIигъэкIащ, и пщэрылъ къалэнхэм пэлъэщу, щытыкIэ гугъум ихуа унагъуэхэм, сабийхэм защIэгъэкъуэныр игъэнэхъапэу. КIуащым зэтриубла Iуэху зехьэкIэ пэрытыр ипэкIэ егъэкIуатэ, нэхъри зрегъэужь мы зэманым центрым и унафэщI Темрокъуэ Оксанэ. Япэми хуэдэу, IуэхущIапIэр йолэжь унагъуэм и пщIэр жылагъуэм къыщыIэтыным, щытыкIэ гугъум ихуа сабийхэм, абыхэм я адэ-анэхэм защIэгъэкъуэным. Центрым и лэжьакIуэ псори къыхащыпыкIам хуэдэу, зэхэщIыкI лъагэ зиIэхэщ, дэтхэнэ цIыхуми хуэнабдзэгубдзаплъэщ, хуэгуапэщ. IуэхущIапIэр зэфIэувэным я зэфIэкIышхуэ ирахьэлIащ Мысрокъуэ Светланэ, Мер Риммэ, Балъкъыз Оксанэ, ГъуэплъащIэ Юля, Суйдым Маринэ, Iустырхъан ФатIимэ, Шэшэн Люся, Щхьэгъэпсо Кларэ, Къарэ Марие сымэ. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми зыпэрыт IэнатIэр фIыуэ ялъагъуу, я нэIэм щIэт сабийхэми абыхэм я адэ-анэхэми пщIэ къыхуащIу къекIуэкIащ. Социальнэ унэтIыныгъэм зегъэужьынымкIэ федеральнэ программэ хэхам ипкъ иткIэ, УФ-м Лэжьыгъэмрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм къыхилъхьауэ щыта къэралпсо зэпеуэм жыджэру хэтащ центрыр. Зэхьэзэхуэм и утыкум IуэхущIапIэм ирихьа «Унагъуэ» проектыр ягъэлъэгъуа апхуэдэ программэ нэхъыфIхэм халъытауэ щытащ икIи зэпеуэм и лауреат хъуащ. Нэхъ иужьыIуэкIэ центрыр ягъэуващ УФ-м Лэжьыгъэмрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм къэхутэныгъэхэр щригъэкIуэкI IуэхущIапIэу. Мы зэманым центрым ди республикэм и райони 5 къызэщIеубыдэ: Лэскэн, Аруан, Шэрэдж, Тэрч, Май щIыналъэхэр. КъызэрызэIуах лъандэрэ къыдекIуэкI Iуэху зехьэкIэ пэрытым тету, IэнатIэм и IэщIагъэлIхэр ноби ядолажьэ щытыкIэ гугъум ихуа унагъуэ минхэм, дэтхэнэми хуэфэщэн гулъытэ хуищIу. ШЫРЫХЪУ Iэсият.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "568.txt" }
Чехми адыгэми я усакIуэ Чех тхакIуэ, усакIуэ Чех Сватоплук (1846 - 1908) езым и лъахэми нэгъуэщI щIыпIэхэми щыцIэрыIуэщ. Абы итхащ эпическэ, тхыдэ поэмэ зыбжанэ, ауаныщI повестхэр. Сватоплук и лэжьыгъэ­хэм яхыболъагъуэ­ гъуэ­ры­гъуэу­рэ щызэ­кIэлъыкIуэ унэ­тIы­ныгъитI: фантастикэ-кос­мо­политикэмрэ лъэпкъ пэжыгъэ жыхуаIэмрэ. Чех и тхыгъэхэм лъабжьэ яхуи­щIын къилъыхъуэу куэд къызэхэзыкIухь зекIуэлIт. и лъэпкъэгъухэм ирагъэ­благъэри, 1874 гъэм ар кIуа­уэ щытащ ЦIэмэз (Новороссийск) и Iэгъуэблагъэхэм щыса чех къуа­жищым. Мыбы Сватоплук щахуэзащ Кавказ зауэр иуха нэужь лъахэм къинауэ мэзхэм зыщызыгъэпщкIу шапсыгъхэмрэ убыххэмрэ. ЕпщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэм адыгэхэм къатепсыха гуауэшхуэ дыдэм теу­хуауэ абыхэм къаIуэтэжахэр итхыжащ. Апхуэдэуи а зэманым ар кIуэгъащ Ека­теринодар, Ставро­поль, Налшык, Владикавказ, Тифлис икIи и тхыгъэхэм къыщигъэлъэгъуэжащ мы лъахэм и щIыуэпсым итхьэкъуауэ зэрыщытар. И письмохэм Сватоплук мып­хуэдэу щетх: «Славян лъэпкъхэм я япэ усакIуэхэу Лермонтовымрэ Пушкинымрэ мы лъахэм и дахагъэм, телъыджагъэм и усакIуэ хъуахэщ икIи славян поэзием къыщагъэщIащ Демон, Тамарэ, Мцыри сымэ я образ дэ­гъуэхэр». Урысейм щыIэху, Чех уры­­сыбзэ зригъэщIащ, мы щIыналъэм щилъэгъуа­хэмрэ къыщыхуаIуэтэжа­хэмрэ иужькIэ и тхыгъэ­хэм хигъэхьащ. Абыхэм ящыщщ 1875 гъэм итха­ «Шэрджэс» поэмэр, ап­хуэдэуи «Адыгэхэр» Iуэтэжыр, «Къамэ» усэр. А тхыгъэхэм Пушкинымрэ Лермонтовымрэ я усыгъэ­хэм ижь зэращIихуар шэ­чыншэщ. Мыбдежым мыри къы­щы­жыIапхъэщ: адыгэ эмигрант Бекович-Черкасский Елмырзэ «Адыгэхэр» рассказыр 1925 гъэм урысыбзэкIэ зэридзэкIри, «Кавказ бгырыс» журналым тридза­уэ щытащ. Нобэ фи пащхьэ идолъ­хьэ «Шэрджэс» поэмэр, адыгэ­бзэкIэ Уэрэзей Аф­лик зэридзэкIауэ. ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд. Шэрджэс Чех Сватоплук и поэмэ ДигъэзыкIауэ мэзылъэ джабэм, Iуащхьэ щыгум докI къэзакъ шу гупыр. ЗэщIолыдэж я Iэщэ-фащэр, Я сэшхуэм тоджэгухь дыгъэпсыр. Бгъэр щекъузыкIыр пIэтIронтащым. ШэкIэ узэдарэ хьэзырыпсу Я фочхэр дыжь фочылъэм Илъу яхь, къатемыхьэлъэу. МакIуэ, мыпIащIэу, лъэхъулъэущу, Щхьэусыгъуэншэу ямыгъаджэу щIопщыр. Хэт щIеIэтэжыр пыIэр мащIэу, Жьым иридзэкIыу щIакIуэ къуащIэр. Къырыщхьэ псей фIэкIа умыщIэу, Щысщ лIыжьыр, щIыгъуу зы ныбжьыщIэ. ЛIыжьым зыхуегъазэ ныбжьыщIэм: - «Къысщохъур нэм къиплъыхьыр щIыIэнэщIу! Зы Iуащхьэм Iуащхьэхэр къапищIэу, КIэщIэубгъуауэ мэзхэр лъащIэм! Жыжьаплъэу мо щIэплъыпIэ жыжьэм, Уафэр щIалыкIа пфIэщIыну хужьу, Зы даущ гуэри къимыгъэIуу, Къырыщхьэ, хьэмэрэ пшагъуэ къыщынаIуэр? Абы щыхамэщ Iэуэлъауэр, зэхэпхыжу Алыхь IэмыркIэ уи гур къызэреуэр. ЗэуапIэ губгъуэм къина зауэлI хьэдэу ЩIофыхьыж мэз щIагъым жыг лъэдийр, КъыпфIэщIыну абы ягъэщыгъуэ, Жыг къудамэщIэхэр къапхоплъыр пшагъуэм. Бжьыпэр зэпаубыду, джабэ нэкIу задейм, ЩызэдэуэхукIэ жызумейр, хъумбылейр, КъапыкIахэр къапохужри тIыгъуэжауэ, Жьыбгъэм тхьэмпэр яфIрехьэжьэжыр. Щощхьэукъуэ мыбдежым дунейр, КъыптригъэгуплIэу уэри жейр. Уи гъуэлъыпIэжь уигъуэлъхьэжа къыпфIэщIу, Ущотыншыр удз гъэгъам я куэщIым. Мывэ хуабэм телъщи зишыхьауэ, Блэр мэжей, пщIыхьэпIэ куум хыхьауэ. Зыгуэрым игъэщтэнкIи мышынэу, Пшапэ зэхэуам къыхоплъ мэз бжэныр. Абы ищIэркъым, къыпыжу я Iэм лъыр, Зэритыгъар лIыукIхэр мы щIыналъэм, Залымыгъэрэ хьилагъэрэ зэрахьэу, ЛIэщIыгъуэхэр гъуэрыгъуэу кърагъэхьэу, Илъэс куэд щызэблэкIащ мы уафэ щIагъым, Яхузэрымыгъэгуэшу цIыхухэм лIыгъэр... ЦIыхубэт къуажэр, я уэнжакъхэм Iугъуэр Мэз Iувым и щхьэщыгум траубгъуэу. Щигъэхъут мэлыхъуэм хъушэр хъупIэ кIырым, КъухьэпIэ пшэплъым Я нэкIухэр игъэцIыплърэ, Шэм хэхуа пыжьу къицIыщхъукIыу я нэр, Хъыджэбзхэр зэрызехьэу КIуэрти псыхьэ, Я гуэгуэнхэр Из къыщащIырт псынэм... Мэз Iувыр, чыцэ пхыкIыпIэншэр И гъуэгуу кIуэцIрыкIырт адыгэшыр, И бийхэр ажал гъуэгукIэ ишэу, ИутIыпщт зауэлIым адыгэшэр. Жыглыц псыIэм хэст хьэмбыIуу, Зыкъуаудыгъуауэ мывэ джейм, Я бауэ макъ къудей къэмыIуу, Ауэ, Iуэхур нэсрэ ерейм, ЗауэлIхэм ирагъаджэмэ бжьамийр, Джабэ щымахэр къызэщIэрыуэжырт, ДжэрпэджэжкIэ зэбграхыу «маржэр!» - Мэгыз уIэгъэр, шыр мэщыщыр, Адыгэ сэшхуэм урысыщхьэр пегъэщыр! Ауэ, итIани, бий емынэм Лъэпкъыр хэкужьым къримынэ... Сыт иджыпсту? Иджы зэшыгъуэщ, ЯщхьэщымыкIыу бгыжьхэм пшагъуэр. СоупщIыр зэзэмызи бгыхэм, Зы жэуап гуэри къапызмыхыу. Фочхэр щыму, шынагъуэншэщ гъуэгур, ИтIани, къызэгуочыр си гур бампIэу: Йоулъиихьыжыр сэшхуэр сампIэм. Нэбэнэушэу сытоплъызэ щIылъэм, Сыхуейуэ къэсIуэтэну си гум илъыр: ЖысIэжыну и хъыбар зауэ блэкIам - Топауэм бгыхэр ягъэзджызджу, Лъыкъуалэр телъэдэжу тенджыз ныджэм - А псори сэ си нэгу зэрыщIэкIар. КъедаIуэркъым ныбжьыщIэр, Даущыншэщ, IурыгъущыкIакъыми быдзышэр, ЛIыжьым жиIэр щIалэм зыхимыщIэ. - «Сыт къэхъуар? КъызжеIэт, си ныбжьэгъум Сыт нэщхъеягъуэ уи гур зыгъэмыгъуэр? БлэкIа зэманым къыщыслъыхъуэнщ хущхъуэгъуэ». ЗауэлI ныбжьыщIэр мэхущхьэ, мэщатэ: - «ПхуэсIуэтэжынщ сэ псори зэрыщыту. Иджы дыдэ ЦIэмэз пэгъунэгъуу Махуэ шэджагъуэм сыхэгъуэщыхьри пшагъуэм, Гъуэгу къэслъыхъуэжу сыщIэтащ мэз щIагъым. Щхьэхынафэт жыг щхьэкIэм къапхыплъ дыгъэр, Шы сызытесыр зэрыщыщым НэмыщI, къэмыIуу зы даущи. ЗэрымыщIэу зэхызохри зы макъ гуэр, Къызэрогъуэтыжыр занщIэу гур. Солъэдэкъауэри, зызочыр - Сыпэмыплъауи къызолъагъур Гуэдз хьэсэр щыуфафэ губгъуэр, Iэщ хъушэу хъупIэр зыуфэбгъур, АдэIуэкIэ бгы джабэ уэхым Къуажэ ныкъуэсым Iугъуэ къыщхьэщихыр. Зэхэухуэнауэ жызумейр, хъумбылейр Унэ блынхэм, бжыхьхэм тхыпхъэщIыпхъэурэ дожей. Дыхьэшх макъыр къыщIолъэлъыр пэшым, БжэщхьэIум тесщ зы лIыжь, тутыныр щIишу. ЩIалэ цIыкIу щхьэ джафэ зэраншухэм Кхъужьей щIагъым къыщагъажэ чышхэр. Мефодиевкэт зэреджэр къуажэм, Зэхэсхыгъащ нэхъыжьхэм яIуэтэжу А жылэ цIыкIум дэсхэр КъиIэпхъукIахэу зэгуэр Чехым. КъызоIуэнтIэкIыжри си шыр, ЦIэмэз и лъапэмкIэ си гъуэгур согъэшыр. Дей цIыкIу гуэрэным и лъабжьэм Нэху щызгъэщын мурадкIэ зызоIэжьэ. Фочыр согъэтIылъыр, шыр солъахъэ, Уанэ щхьэнтэм тызолъхьэри си щхьэр, УдзыпцIэ кIырым тыншу сыхогъуалъхьэ. Жыг щхьэкIэ зыкъыстезыубгъуэм, Жыг лъэдийхэр игъэдыжьыныгъуэу, Къыпхедз дыгъэ къухьэжым и бзий фагъуэр, Мэз щIыIэтыIэм и даущыншагъэм И телъыджагъэ Iэджи сигъэлъагъуу. Ди Тхьэшхуэ, сыт телъыджэлажьэ, Хьэдэджадэхэр щхьэлажьэу Зэхэзеуэ хуэдэ, жыгхэр фагъуэу Пщыхьэщхьэпэ пшагъуэм хыболъагъуэ, Зэрагъэубыдахэщи я щхьэкIэр, Псы Iуфэм щыму зэдокIуэкIыр, Псыежэх цIыкIур, хуэгумащIэу Щахъумэу жьыбгъэм, дыгъэ гуащIэм, ЗаIуантIэ-зашантIэу жызумейм ЗрашыхьэкIыр жыг лъэдийм, Ар нэхъри ягъэщIэращIэу, Къадожыр куэду къудамэщIэ. IэкIуэлъакIуэу къудамэ лантIэм Дэпщейуэ, блэхэми заIуантIэ. Солъагъу: гъэгъахэм щхъуантIэу, хужьу Псым къыхокIыкIыр я лъэдийр, Къыхоплъыр щэхуу, ещхьу удым Сакъыу зиплъыхьурэ, щIышыдэр. Зэгуэр мыбдежым псы цIыкIу уэрым Лъэмыжу телъыгъа ентIырыр Псым хэхуэжауэ, щIэлъщ и щIагъым, ЩIамийм и тхьэмпэхэр къытегъэу. ЕнтIырым тесу пщащэ къызолъагъур И нэкIу дыхьэрэнрэ данагъуэу, Губжьым имыгъэутхъуауэ и нэр, Удз гъэгъахэр и щхьэцым хеухуанэр. И нэбжьыц кIыхьхэр зэтрихым, Гуапагъэ защIэу нур къапехыр. Таурыхъым и Iэмыр псыхъуэгуащэу Телъыджащэу сыIуплъэрт а пщащэм. ЗэрымыщIэу згъащтэм, хур хъыджэбзыр Лъэтэжын къысфIэщIу сыкIэзызырт. ТобзэхыкIыжыр ентIырым пщащэр, Сошэсыжри си гъуэгум пызощэ. Сыщытетми гъуэгу, сыкIуэжу унэм, Пщащэм и теплъэр иутIыпщакъым си нэм. Макъ зэхэсхам сщегъэгъупщэжри зэшыр, Унэ цIыкIу гуэрым сыбгъэдехьэ си шым. А унэм щIэсу къызолъагъур Явор, еубзэу, игъафIэу и пхъур. ДэкIуеипIэм сытету Псы сыздефэм, Къаплъэрт хъыджэбзыр, Иубыдауэ и бзэр. КъыщыIуплъэм си пыIэм, си щIакIуэм, Дыгъэ гуащIэм иса си нэкIум, Шынэ къытеуам игъэкIэзызу, Зэуэзэпсэу мэузэхыр хъыджэбзыр. Псалъэ дыгъэлкIэ Явор къысIуощIэ, КъызэлъэIуу сыкъэнэну хьэщIэу. Иджы, мис, сыпэрысу Iэнэм, ПащIэр щIэсIуантIэу къызоплъыхьыр унэр: Къабзэлъабзэщ, зэлъыIухащ екIуу, Хьэкъущыкъуми ятумылъагъуэ сабэ, КъыщотIыркъыр сыхьэтыр блынджабэм, КIыгуугу цIыкIур зэзэмызэ къиплъу. Тхылъ телъхьэпIэм тетщ сатыру тхылъхэр. Тхылъ сатырым и щIыбым къыдэту, ЗауэлI сурэт, зыщхьэрыгъыр жыр пыIэ, И пагагъэр и напщIэтелъу, И нэ закъуэмкIэ пыIэм къыщIэплъу, КъыфIощIыж езым хуэдэ щымыIэу. ЗэлъыIухами пэшыр дэгъуэу, Къулеигъэшхуэ щIумылъагъуэ. А псори къыпщигъэхъуу гуакIуэ, Щэхугъэ гуэр мыбы щызокIуэ. Хъыджэбзым и Iэпэ щабэм Къыпихыу пфIощI а щэхум и нурыбэр. И IэбэкIэм сфIитхьэкъуу си нэр, Къытхуеузэдыр абы Iэнэр: Iэнэм псынщIэу къытохутэ тезу Фо гуакIуи, пхъэщхьэмыщхьи, хъарбызи, Ныбэ къэпщарэ, зигъэуардэу, Куржы шагъырыр зэрыт фэндыр. Сыхъэр къызыхих шагъырыр фалъэм Ирегъахъуэри, ауаныщIу къызоплъыр. ЛIыжьми, зиIэтыжауэ гукъыдэжым, Адэжь лъахэм и хъыбар къысхуеIуэтэжыр. ЛэжьакIуэжьхэм я напщIэтелъу, А лъахэ жыжьэм хьэсэхэр щощхьэлъэ. Сэри, зэрихабзэуи хьэщIэм, Къэзакъхэм, адыгэхэм я гугъу хузощIыр. Къурш лъагэхэр, щIихъумэжауэ уэсым, Зэрещхьхэр, моуэ къыхэкIахэм псысэм. Лъэпкъ къэс езым и бзэ игъэIуми, Тэрмэшыншэу дызэрызэгурыIуэр. Жэщыр ди пэшым къыщIэбжьахъуэрт, Фалъищри зэдэтIэтурэ дыхъуахъуэу, Шагъырым ди щхьэхэр игъэкIэрахъуэрт. Дыхьэшх макъыр пэрыIукIырт Iэнэм, ДэрэжэгъуэкIэ игъэнщIу унэр. СыкIуэжыну сыщытехьэжам гъуэгум, КъиувакIэт мазэр мэз щхьэщыгум. Абы иужькIэ сщIащ сэ кIуапIэ ЩIэх-щIэхыурэ Явор и деж хьэщIапIэ. Пасэрей тхылъхэм я щэху КъысхуиIуатэурэ, къыттещхьэрт нэху. ЗэрагъэдзэкIырт и Iэпэхэм гуапэу Гъуэжь зэманым ищIыжа тхылъ напэр. Хэсыфынут тхылъхэм махуэ псокIэ, Тхылъ напэ сабэ защIэр зэIипщIыкIыу. Зэрыщытам и лъахэр телъыджэу Теухуауэ жиIэжт хъыбар Iэджи. Къэзылъагъу псори къыдихьэхыу, А хэкур зэщIэгъагъэрт епэр дахэу. Лъахэм и бынхэм хуэIумахуэт И лъагъуныгъэм къыпих нэхур. Къыдихьэхыфми мы дунейр, ГущIэгъу хуимыщIт къытеуэ бийм. ЦIэрыIуэ хъуат и къулеягъкIэ, АкъылкIэ, лIыгъэкIэ, къарукIэ. И бэракъыу жьыбгъэм зэрихуэм. Бийр игъэгулэзу, и фэр пихурт. Хъыбарыжьхэм хуэщыхьэт и тхылъыр, ИгъэпщкIужу, быдэу игъэтIылъырт. Сыт щIэину къыхуэнар къуэрылъхум? - Тхыдэ блэкIам кIэлъыгъыжынырщ щэхуу. Иришхыхьыжри зэманым И архъуанэм, Тхыдэм хыхьэжахэщ зы къэмынэу. Тхылъыжь закъуэрщ псоми хуэщыхьэту, ГукъэкIыжхэм гугъэ гуэр язытыр. Адэжьхэм я гуэдз хьэсэ дыщафэр Акъужь гуапэм мащIэу доуфафэ. Жьыми хуэгъэгъущыркъым нэпс ткIуэпсу НапIэ къэбэгахэр къыпфIэзысыр. Хамэ хьэсэм къыщилъыхъуэу щIакхъуэ Iыхьэ, Чех тхьэмыщкIэр хамэ губгъуэм йохьэ. ЛIыжьым къиIуэтэж хъыбар гуузым Щыщу мащIэт си тхьэкIумэм къихьэр, Къысхутемыхыу си нитIыр хъыджэбзым, ЛIыжьым и пхъурт гури псэри зыхьыр. Жызумей къудамэм жыг лъэдийм ЗрешыхьэкIри япэщIыкIэ, И IэплIэм ирикъузэурэ докIуей, ИутIыпщыжыххэнуи игу къэмыкIыу, ИкIи дэгуашэу жыг лъэдийм ЩIыгулъкIэ, псыкIэ, дыгъэ бзийкIэ, ЗыхешытIэри жыгым и щIыфэм, ТIуми гъуэгур хуаунэтIыр уафэм, Уахътыр къэсауэ ажал щIыIэм ЗэбгъэдишыхукIэ зэрыутIыпщ ямыIэу. НэгъуэщI зыгуэру макIуэ иджы гъащIэр: Гъатхэр къэсам, зэгъусэу дэщIэращIэу, Бжьыхьэм я тхьэмпэхэм зэгъусэу Къатехэу жэпри уэсэпсри. Зыр щриупщIыкIым дежи джыдэм, ЕтIуанэми и натIэр ардыдэрщ. Мис апхуэдэу лъагъуныгъэм сэри Гъэр сфIищIащ слъэмыкIыу гури псэри. Щызмылъагъу махуэм Явор и пхъур, ГъащIэр кунэф защIэ сщыхъурт. И зыIыгъыкIи, и бэкъуэкIи, И нэгу иплъагъуэ гупсысэкIи, Къэзакъ хъыджэбзхэм яхуэмыдэу, Iэпхлъэпхыу сызыIэщIаубыдэрт. ГушыIэм хуэкIуэм, IуэрыIуэдзти, И ауанхэм си гум зыщыпхадзырт. Къалэдэсым къакIэрымыхуу, Къеджэнми тхэнми хуэIэрыхуэт. Уэрэд къыхидзэм и макъ гуакIуэм: Гур, зыхуэмыубыду, хьэшкIуэрашкIуэрт, Бзу щхьэхуиту уэгум щызелъатэу, Псэр имыгъэтыншу игъэятэрт. Сыт а псори къэзгъэкIыжкIэ си гум, СыщытемыхьэфакIэ насып гъуэгум? КъызыхэкIари къысхуэмыщIэу, Хъуат а пщащэр нэгъуэщI гуэр, КъысхуищIт щхьэхынэу щхьэщэ мащIи, НэгъуэщI гупсысэ хигъэхьэжырт гур. Зэзэмызи нэпсыр къыфIыщIэкIыу, Нэщхъейуэ дэст плIанэпэм къыдэмыкIыу. Зэгуэр и адэм сэрэ ди уэршэрыр Хуэмурэ къурш хъыбархэм тетшауэ, Щамил и лIыгъэр къыщыдгъэкIыжым ди гум, МащIэу къобэдзэуэжыр хъыджэбз нэгур. И нэкIур дыхьэрэну къызэщIоплъэ, ПкIатэ-лъатэу кърехьэкIыр и лъэм. Сытым щыгъуи зыщIыпIэ сыпIащIэу, А унэм куэдрэ сэ сыщымыхьэщIэт. Ауэ мы зэм и адэм сэрэ хьэлъэу Дыщыст, нэщхъейуэ ди нэхэр зэхуэплъэу. Зэманыр кIуэрт. Зэгуэрым пшапэ зэхэуэгъуэу СыкIуэрт хуэму, сытету лъэс лъагъуэм. Абдежым къызолъагъур зэрымыщIэу А пщащэр, зыщIыпIэ пIащIэу, Мажэ, и щхьэцыр акъужьым зэIищIэу. Зэхэпхагъэнущ уэри Пщащэ гуэрым теухуа мы псысэр: Пщащэм пэшэгъу къыхуэхъуати удыр, Жэщыр щIылъэм къызэрысу, Удым пщащэр зэрихъуэкIырт тхьэIухуду. Хъыджэбзыр къакIуэу гу зэрылъатэу, Тхьэ елъэIурт цIыхухэр хъунщIэпсынщIэету. Сэри си гум къэкIыжащ а псысэр, СызэрыIуплъэу пщащэ си нэIуасэм. КъызгурыIуащ абдежым хэлъыр лIыгъэу ГъэрыпIэм дизыIыгъэ лъагъуныгъэм. И дыгъэ гуащIэу гъэмахуэ жьэражьэм, Нэхэр къицIыщхъукIми плъыжьрэ плъыжьу, Нэхугъэ гуэри къащIимыхыу жыжьэу. Сэ къызоубыдыр абы и Iэр: «ЕхьэкI-къехьэкI хэмылъу мыр къызжеIэт: ЗыщIэпхъуэжар сыт апхуэдизу? КъызыхэкIар ар дэрэжэгъуэ, Гузэвэгъуэ, Дзыхь къысхуэщIи, КъызэхьэлIэ уи гур пфIэзыхузыр!» Си Iупэхэр ескъузылIащ и Iэгум: «Уэ зызакъуэращ ирихьыр си гум». Ар къыхощтыкIыр, нэпс къыфIыпыткIур Телъэдэжу къэцIыплъа и нэкIум. Макъыншэу гъыуэрэ, ерагъкIэ Пщащэм мыпхуэдэу къыжьэдокIыр: «Къэзакъ щIалэщIэ, Уи гулъытэм папщIэ ПхузощIыр фIыщIэ. Ауэ слъэкIынукъым си щэхур КъэсщIыну нахуэ. СынолъэIур, сигъэхужи уи гум, Псэр щыбэуэжынкIи хъунщ мы щIыгум». СимыIэу жей, симыIэу псэху, ЕкIуэкIащ апхуэдэурэ махуитху. СынрикIукI-сыкърикIукIыу, Пэш цIыкIур лъэбакъуэкIэ щIэзбжыкIырт. Хъыбар мыщIагъуэ къищу нэкIум, Зы махуэ гуэр Явор къысхуокIуэ. ЛIыжьым сыщыIуплъэм къысщыхъуащ Бэлыхь гуэрым и щхьэцыр игъэтхъуа. КъысхуеIуэтэж абдежым адэм: «Си пхъур, къызэдэIуэн имыдэу, Пщэдджыжь гуэрым, къыщищIым нэхулъэ, ЩIэкIри, къызэрихькIэ и лъэ, Пшагъуалъэ джабэм дэжу ЩIэпхъуащ, зыгуэр къыщилъыхъуэжу. СыкIэлъыщIэкIри, Жэщ хъухункIэ къуакIи бгыкIи Къэзмыгъанэу къызэхэскIухьами, И лъэужь гуэри сытехьакъым, А жэщым езыри унэм къэкIуэжакъым. ЕтIуанэ махуэм и пщэдджыжьым Зэрыжылэу пщащэм и лъыхъуакIуэ йожьэ. Мэзи къурши къыщалъыхъуами зэпэджэжу, Бгыхэрт тхьэджэ макъкIэ къапэджэжыр». Махуэм и нэхуми къыхэщакъым и лъэужь - Алыхьым ещIэ, пэщIэхуауэ хьэIуцыдзым Зэпкъритхъыу пIэрэт абы и дзэм, Е мыщэжьым, къыщихьэу и губжь, Щикъутэрэ и IэплIэм дзажэналъэр, Е гуэл щIыIэ щIагъым щIэлъу ПIэрэ, уахътыншэ жей гъуэлъыпIэм илъу. Сыт иджы? Чех къуажэм Щыбгъуэтынущ унэ, зыри щIэмысыжу. ЗиIуантIэу блынджабэхэм дэпщей Хъумбылейрщ абы щыхэгъэрейр. Допщ бжэ дазэм хъумбылейр. БэджыхъкIэ зэщIипхауэ бэджым, ЩIэсщ Явор а унэ фаджэм, И щхьэ, гупсысэм игъэщхьэлъэр Пасэрей тхылъыжьым телъу, Къыдэшауэ мэлыхьыплIэу и тхыр, ЖепIэхэр тэмэму зэхимыхыу, Кхъэ мащэм къыпфIэщIынущ къиплъу И нитI зэхэутхъуауэ къоплъыр. УеупщIми зыгуэркIэ зэзэмызэ, Жэуапыр къыхуетыжыркъым зэIубзу. Си псэри хъуащ нэщхъеялъэ, ЗэрыдэIэпыкъун къару хэмылъу. Жызумей къудамэ игъуу цIывым, Си гур зыгуэрым егъэгузавэ. Япэхуным сызыхуэпабгъэр: Пщащэм къысхуищIынырт лъагъуныгъэ, Слъагъуу и гуфIэкIэр, зэхэсхыу зэрыпсалъэр, Дызэхуэзамэ, гуапэу си Iэр дэслъэу. Хъуэр къыщызидзкIи ауаныщIу, И гушыIэм насыпыфIэ сищIырт. Языныкъуэми къысщыдыхьэшхырт, КъызжиIэу дэлъхуу сыкъыхихыу. Хъыджэбзыр къызэлъэIурт зэзэмызэ ХуэсщIыну я гугъу шэрджэс лъахэм, Адыгэхэр щыпсэу мэзылъэ бгыхэм, ЖесIэжыну хъыбарыжьхэу КъаIуэтэжу зэхэсхахэр ди нэхъыжьхэм. Сэри хуэсIуатэрт, зызгъэлIыхъуу, Зауэ мурадкIэ къахуэкIуар къалъыхъуэу, Шэрджэсым зэрыщIащыкIыр бгыи тафи, ПщIэ леи зэрыхуащIыр Iэщэ-фащэм, ЦIыхубзхэм зыщатIагъэр, я щыгъыныр, Я хабзэр, я нэмысыр, я хьэл-щэныр. ХуэсIуэтэжащ Машэ и гугъуи, А гуэныхьлым зэгуэр къытеуэщ благъуи, МафIэ щIидзэри игъэсыгъащ и унэр. Щысащ хъыджэбзыр, нэпсым иуфауэ и нэр. И Iэр и щхьэм щIэгъэкъуауэ щхьэжагъуэу, Зэм къэцIыплъу, зэми хъужу фагъуэ, И нитIри къилыдыкIыу ещхьу вагъуэм. ЕпэркIэ игъэдахэурэ шым и щхьэр, ЕIущащэурэ уанэр трилъхьэрт, ЛъапцIэрыщэу иувэжырти лъэрыгъым, Дыхьэшхыу щIэлъэтыкIырт уафэ щIагъым. КъэткIухьт зэгуэр абырэ сэрэ, Пшапэр псы гущIыIум щхьэщыгъуалъхьэрт, Жыжьаплъэу пшэплъым игъэцIыплъырт уэсыр, Хы тхьэрыкъуэм зэрызекъуэу къалъэтыхьырт. Нэпсыр щIилъэщIыкIыу и нэ плъыжьхэм, Пщащэр еплъырт хы тхьэрыкъуэ хужьхэм. СоупщI: «Щхьэусыгъуэншэу сыт ущIэгъыр?» «СогууэщI, Кърихри си лъахэ жыжьэм, Къысхуихьащ сэ фIэхъус сэлам акъужьым». «Абы щхьэкIэ сыт ущIэгууэщIыр? УщIемыгъуэж, Щытелъыджэщ мыбы гъащIэр!» Мыбы щытелъыджэми, Си лъахэр Уафэ щIагъым щохъур нэхъри фаджэ. Гъавэр бэв щыхъужыркъым и хьэсэм, Бгыщхьэр щагъэнэхукъым уэсым, Псы гущIыIуми щызэрызехьэу Плъагъукъым хы тхьэрыкъуэм къалъэтыхьу, Жызумейр хиухуанэркъым жыг щхьэкIэм Щыплъагъукъым чыцэ нэбэнэушэм Епэрыр дыхьэрэну щызыIэпишэу. (КъыкIэлъыкIуэнущ). Сурэтхэр Побережный Игорь (Мэздэгу къалэ) ищIащ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "569.txt" }
Мокаев Магомет * * * Къосыр уэс, уэсыр къос хужьрэ хужьу. Си хьэ цIыкIу, гъэбэяут бэнэныр. УпIейтейщи, щIэбдзауэ нэхущым, узыхуейр сщIэркъым сэ сыбгъэщIэну, ПщIантIэ нэщIым урижэ зыпытми, Уи лъэужьыр уэс хужьым щIелъхьэжыр. ТIуми ди гур мо куэбжэм деж Iутми, къэкIуэн хуейр уэс етам егъэщхьэхыр… * * * Хамэбзэ хъуам и псэм хухэмыхт, игъакIуэрт гъащIэр, ахэр зригъащIэу. Анэдэлъхубзэр хуэдэт зэхимых, зи анэм и цIэр зымыщIэжым ещхьу. АрщхьэкIэ ари узым иIуэнтIащ, дэIуэщхъуу жьыгъэм, лъыр инащ лъэданэ. Анэдэлъхубзэ къабзэкIэ еджащ гъэ Iэджэ хъуауэ мыпсэуж и анэм… ЗэзыдзэкIар Ацкъан Русланщ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "57.txt" }
Налшык щыщ хъыджэбзыр урысейпсо конкурсым и финалым нэсащ ЩIалэгъуалэ проектхэм я урысейпсо конкурсым, «Зыужьыныгъэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэр» зыфIащам, проект нэхъыбэ дыдэ - 23 - рэ Къэбэрдей-Балъкъэрым икIыу, Iэрыхьащ. Абыхэм заочнэу хэплъа нэужь, къэрал псом щынэхъыфI проект 26-м ящыщу къалъытащ КIуэкIуэ В. М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр аграрнэ университетым и аспирантурэм щеджэ Созаевэ Джамиля и лэжьыгъэр. «Зыужьыныгъэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэр» щIалэгъуалэ конкурсым и къыкIэлъыкIуэ Iыхьэр УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым 2019 гъэм бадзэуэгъуэм и 1-м щекIуэкIащ. Къызэхуэсахэм фIэхъус псалъэхэмкIэ захуигъэзащ ФедерацэмкIэ Советым Регламентымрэ парламент лэжьыгъэр зэгъэуIунымкIэ и комитетым и унафэщI, «Зыужьыныгъэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэр» конкурсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и унафэщI Тимченкэ В. С. Абы къыхигъэщхьэхукIащ цIыхухэр экономикэм зегъэужьыным жыджэру хэмытмэ, щIыналъэхэмрэ муниципалитетхэмрэ зэпIэзэрыту зэрызамыужьынур, абы и лъэныкъуэкIэ мыпхуэдэ конкурсхэр сэбэпышхуэ зэрыхъур. «Пектингхэмрэ мурад пыухыкIахэм яхуэгъэзауэ къагъэсэбэп ерыскъыхэкIыу пектинг зыхэлъхэмрэ я инновацэ технологиехэр зэхэлъхьэныр» - аращ Созаевэ Джамиля и конкурс лэжьыгъэм зэреджэр. Ар хъыджэбзым куууэ зэпкърихащ езым и щIэныгъэ унафэщI, техникэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор Джабоевэ Аминэ щIыгъуу. Конкурсым и етIуанэ Iыхьэм кърикIуахэм япкъ иткIэ, нэхъыфI дыдэу къалъыта проекти 5-м хэхуащ Созаевэ Джамиля и лэжьыгъэри. ТекIуахэм я проектхэр КъуэкIыпIэ экономикэ зэхуэсышхуэм утыку къыщрахьэнущ. Апхуэдэу Джамиля и проектыр гъэзэщIэным ахъшэ хухахын папщIэ хэплъэну инвестор зыбжанэ къыщIэупщIащ. Абыхэм яхэтщ Урысей Федерацэм Промышленностымрэ сатумкIэ и министерствэри. Мы проектыр хъыджэбзым и япэ лэжьыгъэкъым. Абы журнал зэмылIэужьыгъуэхэм щIэныгъэ, методикэ тхыгъэу 25-рэ къытрыригъэдзащ, къэхутэныгъэщIэхэм папщIэ патенту 6 къратащ. 2015 гъэм Джамиля щытекIуащ УФ-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэмрэ ЩIэныгъэ-техникэ IэнатIэм предприятэ мыинхэр къыщызэгъэпэщыным телажьэ фондымрэ ягъэхьэзыра «Iущыцэхэр» гъуэгу тоувэ» программэм. Апхуэдэу «Бжьыхьэ дыщафэ-2015» епщыкIубланэ урысейпсо агропромышленнэ выставкэм УФ-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм и дыщэ медалыр къыщратащ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "570.txt" }
Дунейм щыхъыбархэр ЦIыху мини 149-рэ хуэдиз дунейм ехыжащ мазиплIым къриубыдэу УФ-м и Президент Путин Владимир иджыблагъэ иригъэкIуэкIа «эфир занщIэм» япэ игъэщыпхъэ къалэнхэм ящыщу къигъэлъэгъуащ узыншагъэр хъумэным ехьэлIахэри. Ахэр сымаджэр япэу зыхуей хъу IуэхущIапIэхэм хуиту къыщеплъынымкIэ цIыхухэм Iэмал етынырщ, поликлиникэхэр, сымаджэщхэр IэщIагъэлIхэмкIэ ирикъуу къызэгъэпэщынырщ, цIыхухэм зрахьэлIэну хущхъуэхэр ягъуэтынырщ. Абыхэми елъытащ цIыхур нэхъыбэрэ псэуныр. Ауэ ди къэралым и цIыхухэр нэхъ гъащIэ кIыхь хъуауэ жыхуаIэм шэч къытыбохьэ, УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Голиковэ Татьянэ иджыблагъэ жиIахэр зэхэпха нэужь. МазиплIым къриубыдэу Урысей Федерацэм цIыху мини 149-рэ хуэдиз дунейм щехыжащ. УФ-м и вице-премьерым абы икъукIэ иригузавэу а бжыгъэхэр къыщихьащ, Ищхъэрэ-КъухьэпIэ федеральнэ щIыналъэм хыхьэ «Западный» щIэныгъэ-еджэныгъэ медицинэ кластерым хэтхэм щаIущIам. «Дэ икъукIэ шынагъуэу цIыху куэдыIуэ къэ­ралым щытфIокIуэд. МазиплIым къриубыдэу цIыху мини 149-рэ яхэщIащ хэкум щыпсэухэм. Абы къикIыращи, къалъхум и бжыгъэм хощI, лIэхэм я бжыгъэри дызэрыхуейм хуэдэу нэхъ мащIэ тхуэщIуи тхужыIэнукъым», - къыхигъэщащ абы. КъимыдэкIэ, абы зэрыжиIамкIэ, языныкъуэ щIыналъэхэм къат бжыгъэхэр пэжкъым. «Абыхэм дунейм ехыжхэм я бжыгъэр гъэмэщIауэ ятх, «щытыкIэр нэхъыфIу къытщагъэхъун папщIэ», лышх, гу-лъынтхуэ узыфэхэм илIыкIхэм я бжыгъэр нэхъыбэ зэрыхъуар ябзыщI», - жиIащ Голиковэ Татьянэ. Вице-премьерым къызэрилъытэмкIэ, щIыналъэхэм узыншагъэр хъумэнымкIэ я IэнатIэхэм щылажьэхэр жыджэру хэтын хуейщ абы и лъэныкъуэкIэ щытыкIэр зыхуэдэр къэпщытэным. «Фэрыншэу, фи псалъэ нахуэ хэмылъу щытыкIэм и пэжыпIэр наIуэ хъунукъым икIи абы фIыкIэ зихъуэжынукъым», - тригъэчыныхьащ вице-премьерым. Урысейм СтатистикэмкIэ и къэрал комитетым мэкъуауэгъуэм и 13-м къитащ къэралым и щIыналъэхэу цIыху нэхъыбэ къыщалъхумрэ нэхъыбэ дунейм щехыжымрэ къэзыгъэлъагъуэ бжыгъэхэр. ТIумкIи бжьыпэр яIыгъщ Москварэ Подмосковьемрэ. 2016 - 2018 гъэхэм къэралым щыпсэухэм я ­бжыгъэр мин 236-м щIигъукIэ нэхъыбэ хъуауэ щытащ. Абы къыдэкIуэу, къэралым къэIэпхъуахэм я бжыгъэр мин 598,71-рэ хъууэ къабжащ, лIэхэр мин 355,13-рэ хъуащ. Бжыгъэхэр зэпэплъытмэ, ди къэралым къыщалъхум и бжыгъэр нэхъыбэ зэрыщымыхъур белджылы къохъу. 2019 гъэм щыщIидзэм Урысейм щыпсэухэм я бжыгъэр цIыху мелуани 146,7-м щIигъуу къа­лъытащ. 2080 гъэм ирихьэлIэу УФ-м и цIыхухэр мелуани 160-м, 2100 гъэм - мелуани 180-м нэблэгъэну хуагъэфащэ языныкъуэ аналитикхэм. Абы арэзы техъуэркъым Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм а Iуэхум ехьэлIа и институтхэм я щIэныгъэлIхэр - абыхэм къалъытэ а илъэсхэм ирихьэлIэу ди къэралым и цIыхухэр мелуан 85-м нэсу мащIэ хъуну. Дыщыгугъынщ иужьрейхэм я Iуэху еплъыкIэм лъабжьэ хуэхъун щхьэусыгъуэхэр щымыIэну. Урысей Федерацэм и еджапIэ нэхъыфIхэр США-м къыщыдэкI «Форбс» журнал цIэрыIуэм иджыблагъэ къытридзащ Урысейм и еджапIэ нэхъыфIхэр дэтхэнэхэрами къэзыгъэлъагъуэ рейтингыр. Ди къэралым ЕГЭ-хэр щыщызэфIэкIа, ныбжьыщIэхэм зыщIэтIысхьэну еджапIэхэр къыщыхах мы зэманым абы мыхьэнэ имыIэу пхужыIэнукъым. Рейтингыр щызэхагъэувэм IэщIагъэлIхэм гулъытэ зыхуащIар цIыхухэм вузхэм щагъуэт щIэныгъэхэм я фIагъым и закъуэкъым, атIэ а еджапIэхэм я цIэрыIуагъри, ахэр къэзыухахэм хьэрычэтыщIэ лъэрызехьэу къахэкIахэм я бжыгъэри Iуэхум къыхалъытащ. Абыхэм къызэралъытэмкIэ, ди еджапIэ нэхъыщхьэхэм я деж бжьыпэр щиIыгъщ МИСиС лъэпкъ технологие университетым. Абы балли 100-м щыщу 54,11-рэ хуагъэуващ. Абы кIэлъокIуэ МГИМО-р, Москва дэт физико-техникэ институтыр (зэрызэкIэлъыкIэм хуэдэу балл 52,24-рэ, 52,01-рэ зратахэр). Апхуэдэу нэхъыфIипщIым яхэхуащ МИФИ-р, МГУ-р, цIыхубэ хозяйствэмрэ къэрал къулыкъумкIэ урысей академиеу УФ-м и Президентым егъэщIылIауэ лажьэр, Санкт-Петербург информационнэ технологиехэмкIэ, механикэмрэ оптикэмкIэ дэт университетыр, Экономикэм и школ нэхъыщхьэр, Томск дэт лъэпкъ къэхутакIуэ политехникэ институтыр, апхуэдэуи Урысей экономикэ школыр. Нобэ ♦Аргентинэм щагъэлъапIэ Сабийхэм я махуэр ♦Армением и Конституцэм и махуэщ ♦Венесуэлэм и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ. Америкэ Ипщэм Испанием щиIа колониехэм ящыщу Венесуэлэращ щхьэхуит хъуным и Iуэху япэу зезыхуар икIи 1811 гъэм ар абы къехъулIащ. ♦1829 гъэм Урал щIыналъэм и къухьэпIэмкIэ Урысейм щыяпэу налмэс зыщIэлъ щIыпIэ къыщагъуэтауэ щытащ. ♦1841 гъэм инджылыз Кук Томас дунейм щыяпэу турист агентствэ къызэIуихащ. ♦1921 гъэм къэрал IуэхущIапIэхэр цIыху щхьэхуэхэм бэджэнду къащтэну хуит зэращIым теухуа унафэ совет Урысейм къыщащтащ. ♦1924 гъэм Париж къыщызэIуахащ VIII гъэмахуэ Олимп джэгухэр. ♦1943 гъэм Курск деж щекIуэкIа зауэшхуэм щIидзащ. Хэку зауэшхуэм и зэманым щыIа зэпэщIэтыныгъэ нэхъ гуащIэ дыдэхэм хабжэ а зауэр шыщхьэуIум и 23 пщIондэ екIуэкIащ. ♦1944 гъэм къызэрагъэпэщащ Брянскэ, Калужскэ, Новгородскэ областхэр. ♦1957 гъэм Налшык Лениным и фэеплъ къыщызэIуахащ. ♦1962 гъэм Алжирыр щхьэхуит зэрыхъуар хэIущIыIу ящIащ. Франджым пэщIэту иригъэкIуэкIа бэнэныгъэм Алжирыр щытемыкIуами, политикэ, экономикэ щхьэусыгъуэ куэдым къыхэкIыу а щIыналъэр утIыпщауэ щхьэхуит щIыныр нэхъ тэмэму къалъытауэ щытащ франджыхэм. ♦1971 гъэм илъэс 18 ирикъуахэр хэхыныгъэхэм хэтыну зэрыхуитым теухуа унафэ къыщащтащ США-м. Абы ипэкIэ IэIэтым хагъэхьэр илъэс 21-рэ ирикъуахэрат. ♦1978 гъэм СССР-м Къэрал шынагъуэншагъэмкIэ и комитетыр СССР-м и Министрхэм я Советым и унафэм къыщIагъэкIащ. ♦1994 гъэм Китайм щагъэткIиящ сабийхэр гъэлэжьэным пыщIа хабзэр - балигъыпIэ имыувар IэнатIэ Iутыну зэрыхуимытым теухуа закон къащтауэ щытащ. ♦1995 гъэм «Си Москва» уэрэдыр УФ-м и къалащхьэм и гимну къащтащ. Абы и псалъэхэр ятхащ усакIуэхэу Лисянский Марк, Агранян Сергей сымэ, макъамэр композитор Дунаевский Исаак ейщ. ♦1999 гъэм Кубэм США-м хуигъэуващ доллар меларди 181-рэ къритыжын хуейуэ, илъэс 40-кIэ экономикэ блокадэм зэрыригъэтам пэкIуэу. ♦1663 гъэм къалъхуащ Къэбэрдейм и пщы уэлий ХьэтIохъущокъуэ Кургъуокъуэ. ♦1802 гъэм къалъхуащ урысей дзэзешэ, адмирал Нахимов Павел. ♦1900 гъэм къалъхуащ шэрджэс тхакIуэ Абыкъу Хъалид. ♦1901 гъэм къалъхуащ совет режиссёр, Гуащэхэм я театр нэхъыщхьэм и унафэщIу илъэс куэдкIэ лэжьа Образцов Сергей. ♦1930 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик Апажэ Мухьэмэд. ♦1941 гъэм къалъхуащ медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, ЩIДАА-м и академик Даут Юрий. ♦1946 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и юрист, СССР-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер Алий Сулеймэн. ♦1963 гъэм къалъхуащ «Абазашта» газетым и редактор нэхъыщхьэ, КъШР-м щIыхь зиIэ и журналист Къул Фардаус. ♦1974 гъэм къалъхуащ урысей журналисткэ, актрисэ, теле-радионэтынхэр езыгъэкIуэкI Ларсен Туттэ. ♦1986 гъэм къалъхуащ урысей хоккеист, дунейм тIэунейрэ и чемпион Радулов Александр. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, уэшх тIэкIу къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 21 - 22-рэ, жэщым градус 19 - 20 щыхъунущ. Лъэпкъ Iущыгъэ: Бгым ущыхунумэ, шхийми уегъэлъэпэрапэ. Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "571.txt" }
«Iуащхьэмахуэ» журналыр илъэс 60 ирокъу Редактор нэхъыщхьэу лэжьахэр Щомахуэ Амырхъан Адыгэ сабий литературэр зэхэзыублахэм ящыщщ Щомахуэ Амырхъан Къамызэ и къуэр. Абы и къалэмыпэ къыщIэкIащ нэхъ цIыкIухэми балигъхэми гукъинэ ящыхъуа усэ, рассказ, повесть хьэлэмэтхэр, роман, драматическэ тхыгъэ зыбжанэ. Амырхъан къыщалъхуар Тэрч районым хыхьэ Курп Ищхъэрэ къуажэрщ, 1910 гъэм жэпуэ­гъуэм и 10-м. Ар щеджащ къуа­жэм дэта пэщIэдзэ школым, Ленинскэ еджапIэ къалэ цIыкIури (Налшык къалэ) къиухащ. ЩIэныгъэм зыIэпиша щIалэр иужьыIуэкIэ щеджащ Орджоникидзе (Владикавказ) дэт Кавказ Ищхъэрэ педагогикэ институтым. Илъэс зыхыблкIэ ар щылэжьащ Налшык педтехникумым, япэщIыкIэ и егъэджакIуэу, итIанэ абы и унафэщIу. 1938 гъэм Амырхъан ягъэуващ «Социалистическая Кабардино-Балкария» газетым и редактору. Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм Щомахуэр Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м цIыхубэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ и комиссарщ. Ар лэжьащ партым и райкомым и япэ секретаруи, республикэм щIэныгъэ IуэхухэмкIэ и министруи, «Къэбэрдей пэж» газетым и редакторым и къуэдзэуи. 1958 гъэ ­лъандэрэ къыдэкI «Iуащхьэмахуэ» журналым ар и япэ редактор нэхъыщхьэщ. А IэнатIэм ар пэрытащ 1965 гъэ пщIондэ. 1965 - 1970 гъэхэм Амырхъан лэжьащ республикэм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм жэуап зыхь и секретару. Амырхъан Къэбэрдей-Балъкъэрым фIыуэ къыщацIыху усакIуэт. Лъэпкъ литературэмрэ гъуазджэмрэ зегъэужьыным ­хуищIа хэлъхьэныгъэр къалъытэри, Щомахуэ Амырхъан 1979 гъэм къыфIащащ «Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ», «КъБАССР-м и цIыхубэ усакIуэ» цIэ лъапIэхэр. ЩоджэнцIыкIу Iэдэм УсакIуэ, тхакIуэ, драматург, зэдзэкIакIуэ Iэзэт ЩоджэнцIыкIу Iэдэм Угъурлы и къуэр. Ар къыщалъхуар Бахъсэн рай­оным щыщ Кушмэзыкъуей къуа­жэрщ. Абы курыт еджапIэр къыщиуха нэужь зы илъэскIэ колхозым щылэжьауэ, ар щIотIысхьэ Ленинскэ еджапIэ къалэ цIыкIум. ИужькIэ Къэбэрдей-Балъкъэр пединститутым ­илъэсищкIэ щеджауэ, Дыгулыбгъуей къуажэм егъэджа­кIуэу ягъакIуэ. Ар абы щолажьэ илъэсрэ ныкъуэкIэ. 1939 гъэм ЩоджэнцIыкIу Iэдэм ТхакIуэхэм я союзым хагъэхьащ. 1941 гъэм и щэкIуэгъуэ мазэм щегъэжьауэ Iэдэм шууей дивизэм хэтащ. Зауэ IэнатIэм здыIутым, абы зэхуэдэу егъабзэ фочри къалэмри. Ар ящыщщ Кавказыр, Украинэр, Молдавиер хуит къэзыщIыжа зауэлIхэм, адэкIэ Румынием, Венгрием, Австрием, Чехословакием щызэ­уа­хэм… Зауэ нэужьым Iэдэм къулыкъу зыбжанэ зэрихъуэкIащ, жылагъуэ лэжьыгъэшхуэхэр иригъэкIуэкIащ. 1947 гъэ пщIондэ ар Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым литературэмрэ IуэрыIуатэмкIэ и секторым и унафэщIу лэжьащ. 1941 - 1951 гъэхэм Къэбэрдей педагогикэ институтым и егъэджакIуэщ. 1954 гъэм Iэдэм хах республикэм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм и тхьэмадэу, 1955 - 1956 гъэхэм Къэбэрдейм щэнхабзэмкIэ и министрщ. 1965 - 1970 гъэхэм ЩоджэнцIыкIу Iэдэм «Iуа­щхьэмахуэ» журналым и редактор нэхъыщхьэщ. Iэдэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и Совет Нэхъыщхьэм и депутату, Мамырыгъэр хъумэнымкIэ республикэ комитетым и унафэщIу мызэ-мытIэу хахащ, ди литературэм ­хуищIа хэлъхьэныгъэшхуэм папщIи «КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ» цIэ лъапIэр (1969 гъэм), Лэжьыгъэм и Бэракъ Плъыжь орденыр (1976 гъэм) къыхуагъэфэщащ. Тхьэгъэзит Зубер КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ Тхьэгъэзит Зубер Мухьэмэд и къуэр Тэрч районым хыхьэ Мэртэзей (Дей) къуажэм къыщалъ­хуащ. Школыр къиуха нэужь, Зубер щIэтIысхьащ Къэбэрдей къэрал пединститутым и тхыдэ-филологие факультетым адыгэ­бзэмрэ урысыбзэмкIэ и къудамэм. 1960 гъэм къыщыщIэ­дзауэ 1965 гъэ пщIондэ Тхьэгъэзитыр «Советская молодёжь» газетым щылэжьащ. 1965 - 1971 гъэхэм ар «Iуащхьэмахуэ» журналым и редактору, итIанэ редактор нэхъыщхьэу щытащ. КъыкIэлъыкIуэ илъэс тIощIым Зубер ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм жэуап зыхь и секретарщ, 1991 - 1994 гъэхэм абы и тхьэмадэщ. Тхьэгъэзитым тхэн щыщIидзар 1949 гъэрщ. Абы и къалэмыпэм къыщIэкIащ усэ, поэмэ, тхыгъэ куэд. Зубер и IэдакъэщIэкIхэр зэрадзэкIауэ я анэдэлъхубзэхэмкIэ йоджэ украинхэр, латышхэр, куржыхэр, ингушхэр, шэшэнхэр, абхъазхэр, балъкъэрхэр, азербайджанхэр, болгархэр, венгрхэр, хьэрыпхэр. Езы Тхьэгъэзитым адыгэбзэкIэ ди пащхьэ кърилъхьащ Руставели Шота и «Къаплъэныфэ зыщыгъ зекIуэлI» тхыгъэр, Мечиев Кязим и усэхэр, Пушкин Александр и усэхэмрэ поэмэхэмрэ щыщхэр, нэгъуэщI куэди. Зубер Комсомол саугъэтым (1965), КъБАССР-м и Къэрал саугъэтым (1981) я лауреатщ. Къэрмокъуэ Хьэмид ЩIэныгъэ куу зыбгъэдэлъ, зи анэдэлъхубзэр дахэу зыгъэ­шэрыуэ Къэрмокъуэ Хьэмид ­Гъузер и къуэм лэжьыгъэ куп­щIафIэхэр къызэринэкIащ, Iуэ­рыIуатэмрэ литературэмрэ ят­риу­хуа и IэдакъэщIэкIхэр тхылъеджэхэм гунэс ящы­хъуащ. Хьэмид къыщыхъуар Бахъсэн районым хыхьэ Зеикъуэ ­къуа­жэрщ. Курыт еджапIэр ­къиуха нэужь, ар щоджэ Къэ­бэрдей къэрал пединститутым филологиемкIэ и фа­культетым. Илъэс зытIущкIэ Хьэмид «Ленин гъуэгу» газетым щолажьэ, иужькIэ «Iуащхьэмахуэ» журналым критикэмкIэ и къудамэм и унафэщIу ягъа­кIуэ. Абы и зэфIэкIхэр къалъытэри, а журнал дыдэм и редактор нэхъыщхьэ ящI (1972 гъэм). ИлъэситхукIэ а къалэным пэрытауэ Хьэмид ягъакIуэ «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм и унафэщIу. Нэхъ иужьыIуэкIэ ар «Адыгэ псалъэ» газетым мэувыжри, илъэс зыбжанэкIэ абы щолажьэ. ЩIэныгъэлIым и лэжьыгъэхэм щIыпIэ ин щаубыд япэ лъэпкъ узэщIакIуэхэм, адыгэ литературэм и лъабжьэр ­зыгъэтIылъахэм, ди зэманым жыджэру хэт тхакIуэ-усакIуэхэм я творчествэр зэпкърыхыным. Абы иIэщ КIэрашэ Тембот, Гулиа Дмитрий, Iэщын Хьэзрэт сымэ ятеухуа тхыгъэ хьэлэмэтхэр. Сабийхэм фIыуэ ялъэгъуащ Къэрмокъуэм и «Жыр пыIэ», «Бажэ пшынэ», «Таурыхъхэр», «Нарт­хэр» тхылъхэр. «КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр зыфIаща мы цIыху гуащIафIэр икIи зэдзэкIакIуэ Iэзэщ. Абы адыгэбзэм къригъэзэгъахэм, зэридзэкIа тхыгъэхэм ящыщщ Къаз-Джэрий и «ХьэжытIэгъуей аузыр», КIашэ Адэлджэрий и рассказхэр, «Абрэджхэр», «Iуащхьэ щыгум» повестхэр, Шинкубэ Бэгърат и «ЖылакIэ» романыр, Къандур Мухьэдин и «Кавказ» романыр, нэгъуэщI куэди. Шэвлокъуэ Пётр Шэвлокъуэ Пётр Жэбагъы и къуэр Аруан районым щыщ Старэ Шэрэдж къуажэм 1927 гъэм къыщалъхуащ. 1944 гъэм къыщыщIэдзауэ 1945 гъэм нэсыху Шэвлокъуэр «Къэбэрдей пэж» газетым ­корреспонденту щылэжьащ. КъыкIэлъыкIуэ илъэситIым ар а газет дыдэм мэкъумэш IэнатIэмкIэ и къудамэм и уна­фэщIщ, 1946 гъэм жэуап зыхь и секретарщ, 1946 - 1948 гъэхэм газетым и литературэ секретарщ. 1948 - 1950 гъэхэм Пётр «Къэбэрдей пэжым» щэнхаб­зэм­кIэ и къудамэм и унафэщI ящI. 1950 гъэм ар щIотIысхьэ Горький Максим и цIэр зэрихьэу Москва дэт Литературэ институтым. 1955 гъэм ар къеухри, зы илъэскIэ Къэбэрдей тхылъ тедзапIэм и редактор нэхъыжьу мэлажьэ. ИлъэситIкIэ Шэвлокъуэ Пётр щытащ Къэбэрдей-Балъкъэр радиом и редактору. Абы и ужькIэ 1965 гъэм нэсыху ар «Iуащхьэмахуэ» журналым прозэмкIэ и къудамэм и редакторщ. КъыкIэлъыкIуэ илъэсхэм Шэвлокъуэр лэжьащ «Iуащхьэмахуэм» жэуап зыхь и секретару, редактор нэхъыщхьэу. Шэвлокъуэм и литературэ-критикэ тхыгъэхэр къытехуэрт республикэ газетхэмрэ журналхэмрэ, «Эльбрус» тедзапIэм тхылъ щхьэхуэу къыщыдэкIырт. Пётр къыфIащащ «КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэр. IутIыж Борис Илъэс 17-кIэ «Iуащхьэмахуэ» журналыр зыгъэбжьыфIа, адыгэ тхакIуэ, усакIуэ, драматург IутIыж Борис Къуней и ­къуэр Шэрэдж районым хыхьэ Зэрэгъыж къуажэм 1940 гъэм жэпуэгъуэм и 15-м къыщалъ­хуащ. БалигъыпIэ иувэху и гъащIэр къуажэм щигъэкIуащ, абы курыт еджапIэр къыщиухащ. Борис дзэм илъэсищкIэ къулыкъу щищIащ. 1963 - 1968 гъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и ­къудамэм щеджащ. Университетыр къызэриухыу, IутIы­жыр Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым адыгэбзэмкIэ и секторым щылэжьэну ягъэуващ икIи илъэс 22-кIэ а IэнатIэм пэрытащ. А зэманым къриу­быдэу Борис къиухащ бзэ щIэныгъэхэмкIэ Тбилиси дэт ­институтым и аспирантурэр. А институт дыдэм щыпхигъэкIащ и кандидат диссертацэри. Адыгэбзэм ехьэлIауэ абы къыдигъэкIащ монографие, тхылъхэр, тхыгъэ щхьэ­хуэхэр, апхуэдэуи ар елэжьащ псалъалъэ зэмылIэужьы­гъуэхэр зэхэлъхьэным. Борис егъэджакIуэхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ институтым (Налшык къалэ) лъэпкъыбзэхэмрэ лъэпкъ литературэхэмкIэ и кафедрэм и унафэщIу лэжьащ. 1991 гъэм IутIыжыр хахащ «Iуащхьэмахуэ» журналым и редактор нэхъыщхьэу икIи 2008 гъэ пщIондэ, дунейм ехыжыху, а къулыкъу мытыншыр абы ирихьэкIащ. IутIыж Борис дэзыхьэхыу, нэхъыбэу зыхэлэжьыхьу щытар лъэпкъ драматургиерщ. Абы и къалэмыпэм къыщIэкIащ пьесэу пщIы бжыгъэхэр. Ахэр ди Адыгэ театрым и мызакъуэу, щагъэуващ Адыгейми, Къэрэшей-Шэрджэсми, Дагъыстэнми. Борис и «Тыргъэтауэ» драмэр Москва щагъэлъэгъуауэ щытащ, хьэрыпыбзэкIи зэра­дзэкIри, Щам тхылъуи къыщыдагъэкIат икIи абы къытращIыкIа спектаклри щагъэлъэгъуат. «Дамэлейр» Тыркум и къалащхьэ Стамбул щагъэуващ. ЦIэрыIуэ хъуа драматургическэ тхыгъэхэм къадэкIуэу, Борис и къалэмыпэм къыщIэкIащ радиомрэ телевиденэмрэ папщIэ итха сценарийхэри. Жанр зэхуэмыдэхэм зыкъызэрыщигъэлъэгъуам и щапхъэщ абы и поэмэхэр, гушыIэ рассказхэр, нэгъуэщIхэри. А псом къадэкIуэу ар сурэтыщI Iэзэт, скульптор IэкIуэ­лъакIуэт, зэфIэкI зиIэ щIэныгъэлIт. Абы хуэфащэ дыдэу къыфIащат «УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ», «КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ» цIэ лъапIэхэр. Елгъэр Кашиф Елгъэр Кашиф Мысост и ­къуэр Шэджэм районым хыхьэ Щхьэлыкъуэ къуажэм 1935 гъэм жэпуэгъуэм и 10-м къыщалъхуащ. 1960 гъэм Горький Максим и цIэр зезыхьэ Литературэ институтыр (Москва) къиухащ. А илъэсым щегъэжьауэ 1964 гъэ пщIондэ Елгъэрыр Налшык телевиденэм и студием редактору щылэжьащ. 1965 - 1968 гъэ­хэм ар «Ленин гъуэгум» и лэжьакIуэщ, 1968 - 1970 гъэхэм а газетым жэуап зыхь и сек­ретарым и къуэдзэщ. 1970 гъэм Кашиф «Iуащхьэмахуэ» журналым макIуэ, абы и къудамэм и унафэщIу илъэсиблкIэ мэлажьэри, 1977 гъэм журналым жэуап зыхь и секретару ягъэув. 2008 гъэм къыщыщIэдзауэ илъэсиплIым щIигъукIэ «Iуащхьэмахуэм» и редактор нэхъыщхьэ къалэныр игъэзэщIащ ­Елгъэрым. Елгъэр Кашиф литературэм япэ лъэбакъуэр зэрыхичар усыгъэкIэщ, нэхъ пыухыкIауэ жыпIэмэ, гушыIэрэ ауанкIэ гъэпса и тхыгъэхэмкIэщ. Апхуэдэт Кашиф 10-нэ классым щIэсу итха и япэ усэр. «Сэ епщIанэр къэзухащ» и IэдакъэщIэкIыр 1955 гъэм мазаем и 20-м къыдэкIа «Советская молодёжь» газетым къытехуауэ щытащ. А гъэ дыдэм «Къэбэрдей пэж» газетми къытрадзат «Лу шыдыгум икIуэдащ» и усэри. УсакIуэ щIалэм къуажэ школыр къыщиухым ирихьэлIэу, и тхыгъэ зыбжанэ «Къэбэрдей» альманахми къытехуауэ щытащ. Елгъэрыр жыджэру холэжьыхь адыгэ прозэм. Абы и рассказхэмрэ повестхэмрэ щызэхуэхьэса и тхылъхэр Налшыки Москваи зыбжанэрэ къыщыдэкIащ. «Щыуагъэ» зыфIища и романыр 1988 гъэм дунейм къытехьащ. ТхакIуэм и творчествэм увыпIэшхуэ щеубыд нэгъуэщIыбзэкIэ ятхахэр зэдзэкIынми. Апхуэдэщ урыс-совет классик­хэм, Украинэм, Абхъазым, нэгъуэщI щIыналъэхэми я уса­кIуэхэм, тхакIуэхэм, драматургхэм я тхыгъэхэу газетхэм, журналхэм къытехуахэри тхылъ щхьэхуэу къыдэкIахэри. Елгъэрыр республикэм и ТхакIуэхэм я союзым хэтщ, абы «КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ», «КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ» цIэ лъапIэхэр къыхуагъэфэщащ. Зыгъэхьэзырар Истэпан Залинэщ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "572.txt" }
Зыужьыныгъэм и «кIыщ» Хъуэхъухэр Дэтхэнэ лъэпкъри лъэпкъыу щызыгъэIэр и анэдэлъхубзэращ. Бзэм и хэщIапIэу, и хъумапIэу щыIэр, дауи, театрырщ, лъэпкъыбзэкIэ къыдэкI газет, журналхэрщ. Адыгэм ди насыпщ «Iуащхьэмахуэ» журналыр дызэ­риIэм­кIэ. Ар ди анэдэлъхубзэм и хъу­макIуэ къудей мыхъуу, ди бзэмрэ литературэмрэ я зыужьыныгъэм и «кIыщу» схужыIэнущ. Сыт щхьэкIэ жы­пIэмэ, журналыр зи унафэ щIэта редактор нэхъыщхьэхэр ди тхакIуэ нэхъыфIхэращ. Абы сыт щыгъуи къыт­радзэ лъэпкъ прозэм, усыгъэм хуэ­IэкIуэ­лъакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэм нэ­­мыщI, адыгэ гъащIэм и дэтхэнэ унэтIыныгъэми теухуа, цIыхупсэмрэ цIыху акъылымрэ зезыгъэузэщI тхыгъэ купщIафIэхэр. Илъэс 60-м къриубыдэу зэман гугъу куэд къызэринэкIын хуей хъуами, ­«Iуа­щхьэмахуэ» журналыр и къалэнхэм щыпэмылъэщ зэи къэхъуакъым, цIыхубэм я пащхьэ кърихьэ къыдэкIыгъуэхэм я купщIэми зихъуэжакъым. Ди лъэпкъым и набдзэу сыт щыгъуи къекIуэкIа журналым и мыхьэнэр ноби нэхъ кIащхъэ хъуакъым ди дежкIэ. «Iуащхьэмахуэм» и цIэр къыщипIуэ къудейкIэ, и пщIэр зэрыиныр, и зэ­фIэкIыр зэрылъагэр къыбгуроIуэ. ЖыпIэнуракъэ, адыгэбзэм и IэфIы­пIэр зыхэлъ дыщэ пхъуантэ хуэдэщ, къызэгуэпха нэужь, уи гур щыз ищIу. Апхуэдэу лъэпкъым къыхуэщхьэпэу, щIэджыкIакIуэхэм зэIэпахыу, адыгэбзэр игъэбзэрабзэу «Iуащхьэмахуэ» журналыр илъэс куэдкIэ Тхьэм щигъэIэ, ар зыгъэхьэзыр псоми гукъыдэжрэ насыпрэТхьэм къарит! Къумахуэ Мухьэдин, КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр. Бэрэ Тхьэм щигъэIэ! «Iуащхьэмахуэ» журналыр къыдэ­кIын зэрыщIидзэрэ илъэс 60 зэрырикъум папщIэ ди гум къыбгъэдэкIыу дыфхуохъуахъуэ! Апхуэдиз илъэсым къриубыдэу къэбэрдей литературэм зэрызиужьам журналым и Iыхьэ зэрыхэлъым папщIэ иджыри лъагапIэхэр зэрызыIэригъэхьэфынур ди фIэщ хъууэ гъащIэ кIыхь къикIуну дыхуолъаIуэ. Къэбэрдей литературэм и цIэр жыжьэ игъэIуу, лъагэу иIэту, щIэуэ ятххэмкIэ щIэджыкIакIуэхэр ­игъэгушхуэу, макъыщIэхэр къигъуэт зэпыту иджыри бэрэ Тхьэм щигъэIэ. Къэбэрдеибзэм и псэр нэхъ лъэщ, нэхъ дахэ зыщI тхакIуэхэм, усакIуэхэм я Iэпэ къыпыщ дыщэм «Iуащхьэмахуэ» журналым и напэкIуэцIхэм щIыпIэшхуэ щаубыду къекIуэкIащ, иджыри апхуэдэщ. КъищынэмыщIауэ, ди Адыгэ Республикэм и тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу адыгэхэм япэу я ­пащхьэ изылъхьэр «Iуащхьэмахуэращ». ФIыуэ фыкъэзылъагъу фи ­къуэшхэу Адыгэ Республикэм ис тхакIуэ псори Тхьэм долъэIу адыгэ журналым гъащIэ мыухыж къритыну, тхыгъэ гъэщIэгъуэнхэмкIэ, гупсысэ куухэр зыхэлъ тхыгъэхэмкIэ еджэхэр игъэгушхуэ зэпытыну! МэшбащIэ Исхьэкъ, Адыгейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ. Шэрджэсхэм къабгъэдэкI псалъэ Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм щыпсэу адыгэ тхакIуэ псоми къабгъэдэкIыу фи юбилей дахэмкIэ сынывохъуэхъу зи цIэр зефхьэ Iуа­щхьэмахуэ щэджащэм и пщIэмрэ и лъагагъэмрэ зи гъуазэ фи журналыр а бгыр щытыхукIэ ди лъэпкъым иIэну! Ди жагъуэ зэрыхъущи, дэ, шэрджэс адыгэхэм, зэкIэ диIэкъым литературэ журнал Iув. Апхуэдэу щытми, ди тхакIуэхэм зеиншафэ къатумыгъауэу уэ, «Iуащхьэмахуэ» журналыр, удиIэщи, догуфIэ икIи догушхуэ. Мыри къыхэзгъэщынут: зэманым нэхъри къыдгуригъаIуэурэ макIуэ адыгэхэр дигурэ ди псэкIэ нэхъ дызэрызэрыIыгъын Iэмалхэр къэт­лъы­хъуэ зэпыту дыщытын зэрыхуейр. Апхуэдэ Iэмал нэхъыфIхэм ящыщщ ди литературэхэр, зэбгрылэжьыкIыурэ зэхамэ хъупэным нэдмыгъэсу, зэпэ­гъунэгъу тщIыуэрэ зэхэдгъэкIыхьы­жыным дыхущIэкъуныр. Дэ къыдэмыхъулIэми, къэкIуэну щIэблэм къай­хъулIэнкIэ согугъэ а хъуэпсапIэр. А хъуэпсапIэм гъунэгъу дыхуэ­зы­щIыфынухэм ящыщ зыщ «Iуащхьэмахуэ» журналри, и Iуэхур ефIакIуэ зэпыту, зэрыгушхуэн тхакIуэхэмрэ усакIуэхэмрэ къыбгъурыту игъащIэкIэ адыгэ лъэпкъым иIэну Тхьэм жиIэ! БЭЧЫЖЬ Лейлэ, КъШР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и гуащэ. Къалэн нэхъыщхьэ «Iуащхьэмахуэ», «Минги-Тау» журналхэм къэбэрдей лъэпкъымрэ балъкъэр лъэпкъымрэ я дежкIэ мыхьэнэуэ яIэр къэлъытэгъуейщ. ЖыпIэ хъунущ ди литературэхэр къызэрыхъукIари зыужьыпIэ яхуэхъуари а журналхэрауэ. Зэманыр макIуэ, гъащIэми дунейми захъуэж, ауэ хъуэж ямыIэу журналхэр тетщ къалэн нэхъыщхьэ къыщащIам икIи зыщащIыжам: адыгэ литературэмрэ балъкъэр литературэмрэ я зыужьыныгъэм телэжьэным. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ТхакIуэхэм я союзым къыбгъэдэкIыу гурэ псэкIэ дынывохъуэхъу «Iуащхьэмахуэ», «Минги-Тау» журналхэм я редакцэхэм щылажьэхэми а журналхэр щIыщыIэж ди тхакIуэ псоми: фи Iуэхур нэхъри ефIакIуэу ди литературэхэм иджыри куэдрэ фахуэлэжьэну Тхьэм жиIэ! БЕППАЕВ МутIэлип, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ. Анэдэлъхубзэм и IэфIыр зыхыуегъащIэ «Iуащхьэмахуэ» журналыр дунейм къыщытехьа махуэм щегъэжьауэ и къалэн нэхъыщхьэм пэлъэщу къо­гъуэгурыкIуэ. Апхуэдэу илъэс 60 лъандэрэ ар толажьэ адыгагъэм, анэ­дэлъхубзэм зегъэужьыным, ижь-ижьыж лъандэрэ ди лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуэ хабзэфIхэр хъумэным, тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэм щIэ­джыкIакIуэхэр щыгъуазэ щIыным, ди литературэм, ди тхыбзэм, ди бзэм я тхыдэмрэ я нобэрей щытыкIэмрэ щызэпкърыха тхыгъэхэр цIыхухэм я пащхьэ илъхьэным. Журналым дыкъыщеджэ зэпытщ ди лъэпкъым и цIыху пэрытхэм я Iэужьым, зэрахьа лIыгъэм, яхэлъа ­хахуагъэм, нэмысым, гущIэгъум теу­хуа тхыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм, апхуэ­дэуи «Iуащхьэмахуэм» и къы­дэкIыгъуэхэм щыдогъуэт тхакIуэ, усакIуэ, щIэныгъэлI цIэрыIуэхэм я ­къалэмыпэм къыщIэкIа, художественнэ фащэ зэмыфэгъукIэ гъэпса хъыбархэр, романхэр, повестхэр, усыгъэ хьэлэмэтхэр, чэнджэщхэр, нэ­гъуэщIхэри. Ар и къалэн нэхъыщхьэу щыт пэтми, абы и закъуэкъым журналым и пщэ дэлъыр. АтIэ анэдэлъхубзэм и IэфIыр цIыхум зыхегъэщIэн, абы щIэблэр щIэпIыкIын зэрыхуейми хъарзынэу йохъулIэ. ИкIи нэрылъа­гъущ и гуащIэр къебл зэпыту и гъуэ­гуанэр зэрикIур, кIуэ пэтми зэ­рефIакIуэр, зэманым нэхъ Iущ, нэхъ жан, нэхъ бзафIэ зэрыщIэхъукIыр. Нобэ зи махуэшхуэр дгъэлъапIэ журналым ныбжьэгъу щимащIэкъым ди къуэш республикэхэми, адыгэ зэ­рыс хамэ къэралхэми. Абыхэм щыпсэу ди къуэшхэм щIэхъуэпсу зыIэрагъэхьэ журналыр, я гуапэу щIаджыкI абы и напэкIуэцIхэр. Апхуэдэу дэнэ щыпсэу адыгэри игъэгушхуэу, и теп­лъэр гуапэу, и щIыхьыр лъагэу, и IэужьыфIхэр адыгэ лъэпкъым и гъуа­зэу илъэс минхэр къигъэщIэну сыхуо­хъуахъуэ! ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ. ЕхъулIэныгъэхэр еIэт «Iуащхьэмахуэ» журналым къызэ­ри­нэкIа илъэс 60 гъуэгуанэм адыгэ лъэпкъым, литературэм я зыужьыныгъэм хуищIа хэлъхьэныгъэр къэлъытэгъуейщ. 1958 гъэ лъандэрэ журналыр лъэпкъым къыдокIуэкI и ехъулIэныгъэхэр иIэтрэ и гуныкъуэгъуэхэр дигъэпсынщIэу. Сыт хуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр зэманым къыздимыхьами, «Iуа­щхьэмахуэм» и пщIэми, и купщIэми, и къаруми зэи зихъуэжакъым, ар сытым дежи набдзэгубдзаплъэу щытащ, гупсысэ нэхъыщхьэхэр иубзыхуфрэ цIыхубэр иунэтIыфу. Лъэпкъыр захуагъэм, пэжыгъэм, акъылым къыхуезыджэ, ди щхьэр ­лъагэу дэзыгъэлъагъуж тхыгъэ куэд ноби къытохуэ журналым и напэкIуэцIхэм. КъыдэкIын щыщIидза махуэм щегъэжьауэ ар хъунщIэ­псынщIэету зэи Iуэхум пэрыхьакъым, хуэмыфэщэн IэщIэкIакъым, атIэ ­«Iуащхьэмахуэ» цIэр игъэпэжащ. А бгым нэхъ лъапIэрэ нэхъ лъагэрэ диIэкъыми, абы хуэфащэу ди лъэпкъым къыдокIуэкI адыгэбзэкIэ къыдэкI журналыр. Адыгэр зэманым декIуу къэ­гъуэгурыкIуэнымкIэ, и анэдэлъхубзэр ихъумэжынымкIэ, и литературэм зригъэужьынымкIэ «Iуащхьэмахуэм» ири­­гъэкIуэкI лэжьыгъэм уасэ хуэщIыгъуейщ, аращ абы иIэ пщIэр къызэрилэжьари. Сэ сохъуэхъу ар нобэ зыгъэхьэзыр редакцэм щылажьэхэми, абы къатхэхэми, ди литературэм и классик пажэхэми я къалэмыпэр мыу­бзэщхъуу иджыри куэдрэ лъэпкъым тхуэлэжьэну, дифI тхуигъэбагъуэрэ ди щыщIэныгъэхэр тхуигъэзэкIуэжу, къызыкъуихыфа къарум хэмыщIу илъэс куэдкIэ щыIэну! СЭХЪУРОКЪУЭ Хьэутий, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ. Iэмэпсымэ лъэщ АдыгэбзэкIэ къыдэкI журналым лъэныкъуэ куэдкIэ зэфIэкIышхуэхэр къызэрызыкъуихар нэрылъагъу мэхъу, абы къызэринэкIа илъэсхэм ури­плъэжмэ. Ар бзэр зыхъумэ, цIыхухэм я гупсысэр зыунэтI, я щIэныгъэм хэзы­гъахъуэ Iэмэпсымэ лъэщу адыгэм диIэщ жыпIэкIэ, ущыуэнукъым. Щхьэхуэу къыхэгъэщыпхъэщ адыгэ литературэм хуищI хэлъхьэныгъэмрэ а литературэр зыгъэкIуатэ тха­кIуэхэм яхуищI гулъытэмрэ. Тхылъу къыдэкIын и пэ ди тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкI куэд утыку кърехьэ журналым. Апхуэдэу лъэпкъым къы­хуэщхьэпэу, и зэфIэ­кIым хэхъуэ зэпыту, и къэухьым нэхъри зиубгъуу «Iуащхьэмахуэм» гъащIэ кIыхь иIэну Тхьэм жиIэ! АЦКЪАН Руслан, «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм и унафэщI. Къэрэгъул бжыхь «Iуащхьэмахуэ» журналыр, узицIэджэгъу бгыщхьэм ещхьыркъабзэу, адыгэхэм я деж ущыцIэрыIуэщ икIи ущылъапIэщ. Ар уэ къэблэжьащ ­къэбгъэщIа илъэс 60-м зы махуи щIумы­чауэ лъэпкъым и блэкIар зэрыбгъэлъапIэмкIэ, абы и къэкIуэнум узэрытелажьэмкIэ. Дэ ди пщэдейр зэрыхъунур, дунейм дыте­мыкIуэдыкIыжу ды­къызэтенэныр псом япэу зэлъытар ди бзэмрэ ди ­хабзэмрэ зэрытхуэхъумэжыращи, ди журнал ­закъуэр узыпэрыт IэнатIэ ­гу­гъури аращ: мы ныкъусаныгъэм игъэгузавэ псори къызэщIэвгъэуIуауэ ар къызыгурымыIуэ, къызыфIэмыIуэху ди лъэпкъэгъухэр фогъэIущ, фоущий. АбыкIи фэ нэхърэ нэхъ зэфIэкI зиIэ къэгъуэтыгъуейщ - абы и щыхьэткъэ нобэ адыгэбзэкIэ тхыгъэ къеджэ­жIамэ, ар япэу икIи нэхъыбэу зэджэр «Iуащхьэмахуэ» журналыр зэрыарар. Щысхьыншэу къыдэбгъэрыкIуэ нобэрей зэман бзаджэм щIэгъэкъуэну, «къэрэгъул бжыхьу» удиIэщи, уэри дэри ди насып Тхьэм тригъакIуэ, ди къэкIуэнур уи цIэм хуэдэу махуэ ухъу! БИЩIО Борис, филологие щIэныгъэхэм я доктор. Сурэтым: «Iуащхьэмахуэ» журналым и редактор нэхъыщхьэ Мыкъуэжь Анатолэ и гъу­сэщ и ныбжьэгъухэр - ТIымыжь Хьэмыщэ, БищIо Борис (щысхэщ), Тэтрокъуэ Астемыр, ЩоджэнцIыкIу Леонид сымэ. 2016 гъэ. Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ. Зыгъэхьэзырар Истэпан Залинэщ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "573.txt" }
IэнатIэр къапщытэ Мы махуэхэм щIыналъэм и кардиологие IэнатIэм и лэжьыгъэм зыщигъэгъуэзэн мурадкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIащ Алмазовым и цIэр зезыхьэ медицинэ къэхутэныгъэхэмкIэ лъэпкъ центрым и унафэщI, академик Шляхтэ Евгений. ЩIэныгъэлIыр яхуэзащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алийрэ республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Хъубий Маратрэ. Шляхтэ Евгений къэхутакIуэ центрым и IэщIагъэлI гуп и гъусэу Кардиологие центрым, Республикэ клиникэ сымаджэщым Лъынтхуэ узыфэхэм щеIэзэ и щIыналъэ центрым, Къалэ клиникэ сымаджэщ №1-м и кардиологие къудамэм я Iуэху зехьэкIэр зрагъэщIащ: IэнатIэхэм я лэжьыгъэр къызэрызэгъэпэщам, хущхъуэхэр зэрыхуатхым, сымаджэхэм я тхылъхэм я щытыкIэм зыхагъэгъуэзащ. МахуитIкIэ ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэм кърикIуахэр къызэщIакъуэжу екIуэкIа зэIущIэм хэтащ КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм, ФIэкIыпIэ зимыIэ медицинэ страхованэмкIэ щIыналъэ фондым я къудамэхэм я унафэщIхэр, министерствэм штатым хэмыт и IэщIагъэлI нэхъыщхьэхэр. ХьэщIэхэм зыубгъуауэ къагъэлъэгъуащ республикэм и кардиологие IэнатIэм и щытыкIэр, адрей щIыналъэхэм щалъэгъуахэм иралъытурэ я еплъыкIэхэр жаIащ. Апхуэдэу Къэбэрдей-Балъкъэрыр ящыщщ а унэтIыныгъэхэмкIэ зи Iуэхур хъарзынэхэм. 2018 гъэр, мы илъэсым и япэ мазищыр хиубыдэу ирагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, лъыр зэрызекIуэм епха узыфэхэм илIыкIхэр ику иту Урысейм къыщагъэлъэгъуа бжыгъэхэм нэхърэ 1,5-кIэ нэхъ мащIэщ. КъищынэмыщIауэ, узыфэ зэхуэмыдэхэм илIыкIхэм, диспансеризацэм цIыху куэд къызэрызэщIагъэубыдэмкIэ, инфаркт зиIэм япэ сыхьэт 12-м къриубыдэу зыхуэныкъуэ дэIэпыкъуныгъэ зэригъуэтымкIэ, IэщIагъэлIхэмкIэ къызэрызэгъэпэщамкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр щIэналъэ нэхъыфIхэм хабжащ. Апхуэдэу щытми, кардиологие IэнатIэм и лэжьыгъэр къызэрызэгъэпэщам ныкъусэныгъэ щхьэхуэхэр зэрыхалъэгъуари жаIащ, ахэр зэгъэзэкIуэжынымкIэ чэнджэщхэри къратащ. ХьэщIэхэм къыхагъэщащ цIыхухэм хуащIэ медицинэ Iуэхутхьэбзэхэм я фIагъыр хэгъэхъуэнымкIэ Iэмалхэр зэрыщыIэр. - Сымаджэм игъуэт дэIэпыкъуныгъэмкIэ ди республикэр куэдым щапхъэ яхуэхъуфын хуейщ, - жиIащ Шляхтэ Евгений. - Ди центрым сыт и лъэныкъуэкIи зыкъыфщIигъэкъуэну хьэзырщ. Хъубий Марат Алмазовым и цIэр зезыхьэ медицинэ къэхутэныгъэхэмкIэ лъэпкъ центрым и IэщIагъэлIхэм фIыщIэ яхуищIащ щIыналъэм гулъытэ къызэрыхуащIымкIэ икIи министерствэм и лэжьакIуэхэм хьэщIэхэм къагъэлъэгъуа ныкъусаныгъэр зэрагъэзэхуэжынымкIэ я еплъыкIэхэр къагъэлъэгъуэну пщэрылъ ящищIащ. ЩхьэщэмыщI Изэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "574.txt" }