text
stringlengths 11
353k
| meta
dict |
---|---|
Дунейм щыхъыбархэр
Нобэ
Информацэм и дунейпсо махуэщ
ВакъащIэм и дунейпсо махуэщ
Абхъазым и Конституцэм и махуэщ
1394 гъэм Сеул Кореем и къалащхьэ хъуащ.
1832 гъэм къызэрагъэпэщащ Урысейм IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм я Штаб нэхъыщхьэм и Дзэ академиер.
1925 гъэм ягъэунэхуащ Туполевым и «АНТ-4» кхъухьлъатэр.
1943 гъэм Воркута къалэ хъуащ.
1963 гъэм япэу ягъэлъэгъуащ «НэхулъэфI фыкъикI, цIыкIухэ!» нэтыныр.
I607 гъэм къалъхуащ дуней псом щынэхъ цIэрыIуэхэм ящыщ Гарвард университетыр (США) къызэзыгъэпэща Гарвард Джон.
1926 гъэм къалъхуащ хьэкIэкхъуэкIэхэр, псом хуэмыдэу къаплъэнхэр, утыкум «щыджэгуным» хуэзыгъасэу щыта, РСФСР-м и цIыхубэ артисткэ Назаровэ Маргаритэ.
1938 гъэм къалъхуащ теленэтынхэр езыгъэкIуэкI, РСФСР-м и цIыхубэ артисткэ Шатиловэ Аннэ.
1939 гъэм къалъхуащ США-м щыщ уэрэджыIакIуэ, актрисэ, «Грэмми» саугъэтыр 8 зыхуагъэфэща Тёрнер Тинэ.
1941 гъэм къалъхуащ физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, ЩIДАА-м и академик Къумахуэ Мурадин.
1952 гъэм къалъхуащ сурэтыщI, КъШР-м щIыхь зиIэ и художник Хьэгъундокъуэ Мухьэмэд.
1960 гъэм къалъхуащ «Адыгэ псалъэ» газетым егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и къудамэм и унафэщI, КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист Жыласэ Маритэ.
къыщалъхуа махуэщ.
1975 гъэм къалъхуащ урысей актёр, УФ-м щIыхь зиIэ и артист Аверин Максим.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 6 – 7, жэщым 1 градус щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
ЦIыкIуу къамылъху ин хъуркъым.
Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2988.txt"
} |
Дунейр тхуэзыгъэнэху, гъащIэр тхуэзыгъэIэфI
ЩэкIуэгъуэм и 28-р Анэм и махуэщ
Анэ. А псалъэм и мыхьэнэ инымрэ щIэлъ гурыщIэ абрагъуэмрэ къыпхуэмыIуэтэным хуэдизщ. Быным я нэху, я гъащIэ гъуазэ а цIыхум и псэр абыхэм сыт щыгъуи яхузэIухащ, быным папщIэ сыт хуэдэ гугъуехьми пэщIэтыфынущ, и псалъэхэмрэ IуэхущIафэ нэхъыщхьэхэмри зыхуэгъэпсар быныр фIым, дахэм хуэущиинырщ, гъуэгу захуэ тегъэувэнырщ.
Бзылъхугъэу щыIэм я нэхъ лъапIэм, анэм, и махуэр ди къэралым зэрыщагъэуврэ илъэс 20-м щIигъуащ. Абы теухуа унафэ щхьэхуэ УФ-м и Президентым къищтауэ щытащ 1998 гъэм. Ар тохуэ гъэ къэс щэкIуэгъуэм и иужьрей тхьэмахуэ махуэм. Анэм и мыхьэнэр армырами зэрылъагэр, абы хуэдэу псэ хьэлэлрэ бзэ IэфIрэ, гу зэIухарэ Iэ щабэрэ Тхьэшхуэм зрита абы къигъэщIа къэхъугъэхэм зэрахэмытыр хьэкъщ игъащIэми, итIани къэрал унафэкIэ ягъэува а махуэшхуэм иджыри зэ къегъэлъагъуэ жылагъуэм, дэтхэнэ цIыхум и дежкIи анэм мыхьэнэуэ иIэр, абы гулъытэ хэха зэрыхуэщIыпхъэми аргуэру гу лъыдегъатэ.
Анэращ гъащIэ къыдэзытари, щIэдзапIэу щыIэм и къежьапIэри. Анэм хуэдэу зыми зыхищIэфынукъым быным и гукъеуэри гузэвэгъуэри. Анэпсэр дапщэщи хущIокъу быныр зэрихъумэным. Абы быным хуищI гулъытэм, анэ лъагъуныгъэмрэ лъэкIыныгъэмрэ куэдкIэ елъытащ быным и Iуэхур адэкIэ зэрыхъунур, абы гъащIэм щигъуэтыну увыпIэр, нэгъуэщI куэди. Ди анэхэращ тхэлъ хьэл-щэнхэм я нэхъыфIхэр къытхэзылъхьэфыр, ахэращ ди насыпыр зэтеувэнымкIэ гугъу зыкъыддезыгъэхьыр. Аращ адыгэ псалъэжьым «Анэр нэм хуэдэщ» щIыжиIэр. Нэр къэмыплъэмэ, цIыхур хокIыж, нэсу зыхищIэркъым дунейм и фIыгъуэхэм ящыщ куэдым – апхуэдэщ анэ лъагъуныгъэм, IэфIыгъэм, щабагъэм уахуэныкъуэнри. Абы и жьауэм щIэмыт быныр дыгъэми елыпщ, жьапщэри къопхъэшэкI абы.
Анагъэм пылъ къалэнхэр нэхъ тэмэму зэфIэха хъун папщIэ, ди къэралым щолажьэ социальнэ проект хэхахэр. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми анэхэм я социальнэ пщIэр хэзыгъахъуэщ, абыхэм я лъабжьэр мылъкукIэ щIэзыгъэбыдэщ, я къалэнхэр къыщызыгъэпсынщIэщ.
МахуэшхуэмкIэ дохъуэхъу анэ псоми. БынхэмкIэ яIэ хъуэпсапIэхэр нахуапIэ хъууэ, къащIэхъуэ щIэблэм я гулъытэ щымыщIэу, абыхэм я гузэвэгъуэ ямылъагъуу, гукъыдэжрэ дэрэжэгъуэрэ быным кърату куэдрэ Тхьэм игъэпсэу. «Анэгухэм нэхърэ нэхъ пIащIэ, Нэхъ махэ умыгъуэтын, Зы мыхьэнэншэу къыпфIэщIри Яхуохъур ахэм удын», - жиIащ усакIуэ цIэрыIуэм. А фIыгъуэр – анэр - зиIэхэми куэдрэ Тхьэм къыфхуихъумэ.
МЫКЪУЭЖЬ Анэтолэ
Анэ
ГъащIэр ехь
И быным тегужьеикIауэ:
Жьыр къепщамэ,
ФIощI ирихьэжьэн.
Къытехъуам уэлбанэ,
Унэм щIэкIауэ,
Псыдзэм ихьын фIэщIу
Ныппежьэнщ.
Химыгъэхьэ жэщым,
Химыгъэхьэ щIыIэм –
ФIощIыр псоми
Зыгуэр къращIэн…
Дыгъэ закъуэрщ анэм
Дзыхь зыхуищIу щыIэр:
А тIум зэщхьщи я хьэл-щэн.
ГЪУБЖОКЪУЭ Лиуан
Си анэм
Сыщысабийрэ сэ си гум илъаи,
Гукъеуэ ину ар сиIэу:
КъытеIэбакъым си щхьэфэм сэ зэи
АдэIэ щабэ жыхуаIэр.
Хьэуэ! Сисакъым си адэм и куэщI,
Гущэ уэрэдхэр схуигъэIуу,
Анэ гумащIэ бзэ IэфIым нэмыщI,
Зым щымыта сигъэудэIуу.
……………………………
Джэдкъурт зи быным хуэсакъым нэхъей,
Стетт сытым щыгъуи уи нэIэ,
Бадзэ си нэкIу тетIысхьауэ сыжейм,
Уи гум псэхупIэ имыIэт.
Ауэ гъатхэпэу щыгъагъэм дунейр,
ЗыщумыгъэнщIу гуфIэгъуэм,
Хъуауэ дахагъэр уэ уигу пыкIыгъуей,
УнкIыфIыпащ уи нэвагъуэр.
Уи пIэкIи гъащIэр сэ фIыуэ слъагъунщ,
Нэзгъэсыжынщ уи Iуэху Iыхьэр,
«Си псэкIэ» сэ укъызэджэу щытаи, -
Анэм и быныр арщ и псэр.
Анэ, уэ пхуэдэ теткъым дунейм
Анэр нэм хуэдэщи, адэр дэм хуэдэщ.
Анэр нэщи, адэр лъэпкъщ.
Анэ бгъафэрэ хъурыфэ джэдыгурэ.
Анэм и гъуапэр пхъум и джанэщ.
Анэм и хабзэр пхъум и бзыпхъэщ.
АнэIэм къуитыр IэфIщ.
ЖЫЛАСЭ Маритэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2989.txt"
} |
Лъагъуэхэшхэр
Топджэгур спорт зэхьэзэхуэ къудейкъым. Абы зэпыщIэныгъэ быдэхэр еубзыху, цIыху гъащIэхэр зэрепх. Сыбырым къыщыхъуа Алдышев Анатолийрэ игъащIэ лъандэрэ ди гъунэгъуфI куржыхэм къахэкIа Гогибедашвили Зауррэ футболым фIы дыдэу яригъэлъэгъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэр икIи я гъащIэ псокIэ ар псэупIэ яригъэщIащ.
Налшык и «Спартак»-м и япэ ехъулIэныгъэхэм, шэч хэмылъу, хэлъхьэныгъэшхуэ хуащIащ ди командэм и гъуэр темыплъэкъукIыу илъэс куэдкIэ (1962 гъэм щыщIэдзауэ 1973 гъэ пщIондэ) зыхъума гъуащхьэтет Iэзэ Алдышев Анатолийрэ гъуащхьэхъумэ лъэрызехьэ Гогибедашвили Зауррэ. Мыхэр илъэсищ я зэхуакуу Налшык къэкIуащ, къыздикIахэри щIыпIэ зырызщ. АрщхьэкIэ я гъащIэ псор Къэбэрдей-Балъкъэрым ирапхащ.
Алдышевым топ джэгун щыщIидзар къыщалъхуа Сыбырырщ. Новосибирск и СКА-м къыхашри, 1962 гъэм «Спартак»-м ирагъэблэгъащ. Анатолий ди щIыпIэм занщIэу дихьэхащ икIи ар зэи нэгъуэщIкIэ ихъуэжакъым. Илъэс пщыкIутIкIэ ар зэкIэлъхьэужьу Налшык и «Спартак»-м и гъуащхьэтету щытащ икIи абы и фащэр щыгъыу зэIущIэ 280-рэ иригъэкIуэкIащ. Ар нэхъыбэрэ зыхузэфIэкIар цIыхуий къудейщ. ТIэунейрэ (1965, 1970 гъэхэм) Урысей Федерацэм и чемпион хъуащ. 1989 - 1991 гъэхэм ди командэм и тренер нэхъыщхьэу лэжьащ. Iэпщэ Александр и цIэр зезыхьэ сабий-ныбжьыщIэ спорт школым и тренер-гъэсакIуэу щыткIэрэ, зэман кIыхькIэ ди щIэблэр топ джэгуным хуигъэсащ. И щхьэгъусэ Верэрэ абырэ зэдапIа Олярэ Алёнэрэ Мэзкуурэ Дон Iус Ростоврэ щопсэу.
Гогибедашвили Заур Батуми и «Динамо»-м щыджэгуу 1964 гъэм Тбилиси и «Динамо»-м хэт Iэпщэ Александр зригъэцIыхуащ. Ахэр зэныбжьэгъу хъуащ икIи илъэс дэкIри, тIуми зэгъусэу Налшык и «Спартак»-м и щIыхьыр яхъумэу хуежьащ.
Куржы куэд ди щIыпIэм зэрыщыпсэур, адыгэхэмрэ абыхэмрэ фIы дыдэу зэрызэхущытыр, дауи, тегъэщIапIэ хуэхъуащ Заур Къэбэрдей-Балъкъэрым и унагъуэр и гъусэу къызэрыщынам. Ар футболист Iэзэм и закъуэкъым, атIэ «гупым я псэу щыт» цIыху телъыджэщ. Налшык и «Спартак»-м зэрыхэтар илъэсищ къудейми, нобэми и джэгукIар куэдым ягу къагъэкIыж. Зэман зыбжанэ хъуауэ дэIэпыкъуэгъу псынщIэм и автомашинэхэр зезыгъакIуэ Гогибедашвили Заур иджыпстуи и IэнатIэм хьэлэлу пэрытщ. И бынхэу Ингэ Канадэм щопсэу икIи щолажьэ, Григорий Тбилиси и хэщIапIэщ. И щхьэгъусэ, Налшык дэт музыкэ школ №1-м и директор Хьэмгъуокъу Светланэрэ абырэ зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу зэдопсэу.
Мис апхуэдэу Налшык и «Спартак»-м я гъащIэ гъуэгуанэр иубзыхуащ Алдышев Анатолийрэ Гогибедашвили Зауррэ. Абыхэм я закъуэкъым футболым и фIыгъэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр къэзыцIыхуар икIи псэупIэ дахэ зыхуэхъуар, лъэпкъхэмрэ лъахэхэмрэ я зэныбжьэгъугъэмрэ зэкъуэтыныгъэмрэ игъэбыдэу.
ХЬЭТАУ Ислъам.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "299.txt"
} |
НОБЭ
Компьютерхэмрэ абыхэм илъ хъыбархэмрэ хъумэным и дунейпсо махуэщ
Унагъуэ псэущхьэхэм я дунейпсо махуэщ
1571 гъэм Къэбэрдей пщы уэлий Идар Темрыкъуэ (Марие и адэр) дунейм ехыжащ.
1609 гъэм Галилей Галилео Мазэм и щхьэфэм и япэ картэр зэхигъэуващ.
1794 гъэм урыс дзэзешэ цIэрыIуэ Суворов Александр генерал-фельдмаршал цIэр къыфIащащ.
1876 гъэм урыс электротехник, дзэ инженер, хьэрычэтыщIэ Яблочков Павел япэу трансформатор зэрызэпкърилъхьам и щыхьэт патент къратащ.
1922 гъэм РСФСР-м хыхьэу къызэрагъэпэщащ Шэшэн автономнэ областыр.
1939 гъэм совет-фин зауэм щIидзащ.
1968 гъэм Гагарин Юрий и Дыщэ медаль ягъэуващ.
1993 гъэм УФ-м и Президент Ельцин Борис и унафэкIэ Урысейм и гербу къащтэжащ щхьитI зыфIэт бгъэм и теплъэр зытетыр.
Америкэм щыщ тхакIуэ, журналист Твен Марк къызэралъхурэ илъэси 183-рэ ирокъу.
Инджылызым и премьер-министру, зыхъумэжыныгъэмкIэ министру щыта, Нобель и саугъэтым и лауреат Черчилль Уинстон къызэралъхурэ илъэси 144-рэ ирокъу.
Адыгей обкомым и япэ секретару лэжьа, СССР-м и консул нэхъыщхьэу Болгарием илъэсиблкIэ щыIа Бэрзэдж Нухь къызэралъхурэ илъэс 93-рэ ирокъу.
УФ-м щIыхь зиIэ и дохутыр Жылокъуэ Зинаидэ къыщалъхуа махуэщ.
Театрымрэ киномрэ я актёр цIэрыIуэ, СССР-м и цIыхубэ артист Невинный Вячеслав къызэралъхурэ илъэс 84-рэ ирокъу.
Совет телевиденэм нэтынхэр щезыгъэкIуэкIыу щыта, РСФСР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Жильцовэ Светланэ и ныбжьыр илъэс 82-рэ ирокъу.
КъШР-м щыщ къулыкъущIэ, япэ класс зиIэ къэрал чэнджэщэгъу, ЩIДАА-м, МАИ-м, МАДЕН-м я академик, РСФСР-м и цIыхубэ депутату щыта Темыр Умар и ныбжьыр илъэс 86-рэ ирокъу.
Медицинэ щIэныгъэхэм я кандидат Балъкъыз Вячеслав и ныбжьыр илъэс 43-рэ ирокъу.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ, къешх-къесу щыщытынущ. Махуэм хуабэр 1 градус, жэщым щIыIэр 1 градус щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Шы хьэху уэсэпс трагъахэркъым.
Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "30.txt"
} |
Налшык и «Спартак»-м и япэ зэIущIэ
Мы гъэм мэлыжьыхьым и 18-м илъэс 60 ирокъу Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ нэхъыщхьэ Налшык и «Спартак»-р къэралпсо утыку зэрихьэрэ. Абы ирихьэлIэу тхыгъэ зыбжанэ фи пащхьэ итлъхьэну мурад тщIащ.
Топджэгур, шыгъажэмрэ бэнэнымрэ хуэдэу, адыгэхэм игъащIэ лъандэрэ къадэгъуэгурыкIуэ спорт лIэужьыгъуэу пхужыIэнукъым. Илъэсищэ ирикъуркъым ар ди щIыналъэм къызэрихьэрэ, ауэ, абы щхьэкIэ къэмынэу, хуабжьу зиубгъуащ икIи цIыху минищэхэр дихьэхащ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым футболым зыщиужьын щIидзащ къэралым и чемпионатым щыджэгуну Налшык и «Спартак» командэр 1959 гъэм къызэрагъэпэща иужькIэ. СССР-м и етIуанэ лигэм и «Б» классым къыщыщIидзэри абы ехъулIэныгъэ инхэр иIащ. Къапщтэмэ, 1965, 1970 гъэхэм РСФСР-м и чемпион хъуащ, 1972 гъэм япэ лигэм хыхьащ. ГуфIэгъуэшхуэ къытхуихьащ 2005 гъэм - япэ дивизионым етIуанэ увыпIэр щиубыдри, зэи къэмыхъуауэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ нэхъыщхьэр премьер-лигэм кIуащ икIи абы щыхэта япэ илъэсым ебгъуанэ хъуащ. Урысей Федерацэм футболымкIэ и гуп нэхъыфI пщыкIухым «Спартак-Налшыкыр» илъэсихрэ ныкъуэкIэ хэтащ икIи дэрэжэгъуэ ин къыдитащ.
БлэкIа лъэхъэнэм къэрал псом я цIэр фIыкIэ щыIуащ адыгэ футболист щIалэхэу Iэпщэ Александр, Наурзокъуэ Юрэ, Ещтрэч Владимир, Лъэрыгу Виктор, КIурашын Олег, Гъубж Вячеслав, Наурыз Басир, Хьэпэ Заур, нэгъуэщI куэдми. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми газет напэкIуэцI щхьэхуэ хуэфащэщ. Апхуэдэу щыт пэтми, илъэс хыщIкIэ дызэIэбэкIыжынщи, нобэ фигу къэдгъэкIыжынщ Налшык и «Спартак»-р япэу утыку зэрихьа щIыкIэр. ИужькIэ датепсэлъыхьынщ Iуэху зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ абы хэту цIэрыIуэ хъуахэми.
Совет Союзым щекIуэкI зэхьэзэхуэм хыхьэну зэи къэмыхъуауэ 1959 гъэм ди республикэм Iэмал къыщратым зэхуашэса Налшык и «Спартак»-м ди лъэпкъэгъухэм ящыщу Наурзокъуэ Юрэ, Iэпщэ Александр, Алий Руслан сымэ ирагъэблэгъащ. Ахэращ адыгэхэм топджэгум щагъэтIылъа лъабжьэм и къежьапIэ хъуар.
1959 гъэм мэлыжьыхьым (апрелым) и 18-р Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхыдэм хыхьащ - ди республикэм и щIыхьыр зыхъумэ командэ япэ дыдэу къэралпсо утыку ихьащ. Совет Союзым футболымкIэ щекIуэкI зэхьэзэхуэм и «Б» классым Налшык и «Спартак»-м хьэрхуэрэгъу къыщыхуэхъуащ Кавказ Ищхъэрэмрэ Кавказ АдрыщIымрэ я гуп лъэщхэр. Ереван и «Спартак»-р, Грознэ и «Тэрчыр», Краснодар и «Кубань»-р, Кутаиси и «Торпедо»-р, Дон Iус Ростов и «Ростсельмаш»-р, Баку и «Нефтяник»-р, нэгъуэщIхэри налшыкдэсхэм я япэ ныкъуэкъуэгъухэм ящыщащ.
Зэхьэзэхуэр щIидзэным мазэ зыбжанэ иIэжу ди республикэм псалъэмакъыу щекIуэкIым я нэхъыбэр зытеухуар Налшык и «Спартак»-р къэралпсо утыку зэрихьэнурат. Совет Союзым и адрей командэхэм дыдейхэр дауэ ядэхъуну? «Спартак»-м хэт сымэ хагъэхьэнур? ДамыгъэукIытэну пIэрэ? Апхуэдэ упщIэхэр я куэдт ди республикэм футболым щыдихьэххэм.
Япэ зэIущIэр щекIуэкIыну махуэм, джэгум щIидзэным иджыри сыхьэт зыбжанэ иIэжу, цIыхухэр уэру Налшык и «Спартак» стадионым къекIуалIэу хуежьащ. Мы Iуэхугъуэшхуэм и хьэтыркIэ къалэм и промышленнэ IэнатIэхэм лэжьэгъуэ махуэр щагъэкIэщIащ, къуажэ, хозяйственнэ унафэщIхэм хэти автобусхэр, апхуэдэ зимыIэхэм хьэлъэзешэ автомашинэхэр хухахащ топджэгум кIуэну хуейхэр зэIущIэм ирихьэлIэн папщIэ. Дауи, стадионым IэпэдэIупIэ имыIэу цIыхухэр из хъуащ.
ЗэIущIэм и судья нэхъыщхьэм командэхэр губгъуэм кърешэ. Абыхэм щыту Iэгу яхуоуэ стадионым ис цIыху минипщIхэр. Псом хуэмыдэу ахэр дэрэжэгъуэм къызэщIеIэтэ я лъахэгъухэу Наурзокъуэ Юрэ, Iэпщэ Александр, Алий Руслан, Николаенкэ Владимир, Желюкин Виктор, Туаев Къазбэч сымэ, адрейхэми я цIэр дикторым къыщриIуэкIэ.
КIэфийр къэIуа иужькIэ джэгум щIедзэ. Апхуэдэ зэIущIэхэм зэи хэмыта Налшык и «Спартак»-м и футболистхэр зы тэлайкIэ Iэнкунщ. Абы и хьэрхуэрэгъур зыхэт гупым щыпашэхэм ящыщ зы Армением и Ленинакан къалэм къикIа «Ширак» командэращ. Ди щIалэхэр трагъэгушхуэу стадионым кърихьэлIахэр зэрогъэкIий - налшыкдэсхэр ебгъэрыкIуэну абыхэм къыхураджэ. НапIэзыпIэм стадионым исхэмрэ «Спартак»-м и футболистхэмрэ зы къару лъэщу зэкъуоувэри, я хьэрхуэрэгъу лъэщыр ирагъэкIуэт. ЯщIэнур ямыщIэжу «Ширак»-м щыджэгухэр зэрызохьэ. Абыхэм я гущхьэм къэкIакъым Налшык апхуэдэ командэ лъэщ зэман кIэщIым къриубыдэу къыщызэрагъэпэщауэ.
Джэгум и 15-нэ дакъикъэр йокIуэкI. ХьэщIэхэм я гъуэм пэмыжыжьэу топыр къызыIэрыхьа Туаев Къазбэч и хьэрхуэрэгъум IэщIокIри, и къару къызэрихькIэ йоуэ. Ермэлыхэм я гъуащхьэтетым зыгуэр ищIэну хузэфIэкIакъым. Стадионыр зэуэ къызэроIэт - Г-о-о-о-л! Мис апхуэдэу Налшык и «Спартак»-м япэ топыр союзпсо зэхьэзэхуэм щыдигъэкIащ. Абы иужькIэ ди командэр дапщэрэ къыхэжаныкIа?! Миным щIегъу! АрщхьэкIэ япэм хуэдэ зыри щыIэкъым.
А пщыхьэщхьэм ди «Спартак»-м япэ текIуэныгъэр къихьащ. Абы «Ширак»-р 2:1-уэ хигъэщIащ. Республикэм и щIыпIэ псоми къикIауэ стадионым щызэхуэса цIыху минхэм я дэрэжэгъуэр къыпхуэмыIуэтэнт. А гуфIэгъуэр абыхэм я унагъуэхэм, гъунэгъухэм, лъэпкъхэм, лэжьапIэхэм здахьат икIи топджэгум зэрыщыIамрэ зэIущIэр зэрекIуакIамрэ теухуа хъыбархэр щIэгъэтхъауэ яIуэтэжырт. Яхуэухыжыртэкъым «Спартак»-м хэт адыгэхэм ятепсэлъыхьыныр.
Союзпсо зэхьэзэхуэм щыхэта япэ илъэсыр ди щIалэхэм «Б» классым и 3-нэ гупым и командэ нэхъыфIипщIым яхэту кърахьэлIащ. Псоми зыхащIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и футболистхэм къикIуэт зэрамыщIэр икIи къэкIуэну дахэ зэраIэр. ЕхъулIэныгъэхэми куэдрэ зыпагъэплъакъым: илъэсих нэхъ дэмыкIыу зыхэт гупым щытекIуэри, «А» классым ягъэкIуащ икIи а гъэ дыдэм Урысей Федерацэм и чемпион хъуащ.
Фигу къэдгъэкIыжынщ Налшык и «Спартак»-м хэту 1959 гъэм къэралпсо зэхьэзэхуэм зыкъыщызыгъэлъэгъуахэр. Абыхэм, лъагъуэхэшхэм, я цIэр Къэбэрдей-Балъкъэрым топджэгум щыдихьэххэм ящIэн хуейуэ къыдолъытэ: гъуащхьэтетхэу Алий Руслан, Францев Виктор, Туманян Адольф, Кубарев Юрэ (ар губгъуэми щыджэгуащ); гъуащхьэхъумэхэу Iэпщэ Александр, Черноиванов Эдуард, Наурзокъуэ Юрэ, Чувахин Борислав; гъуащхьэхъумэныкъуэхэу Сарумов Рафаил, Багдасарян Эмиль, Жулюкин Виктор, Николаенкэ Владимир, Чистохвалов Юрэ, гъуащхьауэхэу Костин Александр, Туаев Къазбэч (командэм и капитант), Беликов Станислав, Митрофанов Геннадий, Поцхверие Николай. Командэм и тренер нэхъыщхьэт Суэтин Владимир.
ЖЫЛАСЭ Заурбэч.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "300.txt"
} |
«Ажалыр щащэр жыIэ!»
Апхуэдэ фIэщыгъэм щIэт урысейпсо Iуэхум и япэ Iыхьэм щIидзащ.
КъБР-м щыIэ МВД-м Наркотикхэр зэрызэрагъэкIуэкIым кIэлъыплъынымкIэ и управленэм щекIуэкIащ 2019 гъэм гъатхэпэм и 11 - 22-хэм екIуэкIыну «Ажалыр щащэр жыIэ!» Iуэхум щытепсэлъыхьа зэIущIэ.
КъызэгъэпэщакIуэхэм зэрыжаIащи, хабзэ хъуауэ, Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэм иригъэкIуэкI лэжьыгъэр зытеухуар хабзэм къемызэгъыу наркотикхэкIхэр зэращэ-къызэращэхум, ахэр зрахьэлIэным пэщIэтынырщ. Мыхьэнэшхуэ иIэщ наркотикым итхьэкъуахэм чэнджэщ иратыным, абыхэм сымаджэщхэм щеIэзэным теухуа лэжьыгъэ мы Iуэхум къызэрызэщIиубыдэм. НаркотикхэкIхэмрэ акъылыр зыгъэутхъуэ пкъыгъуэхэмрэ игъэкIыным зэрыпэщIэт лэжьыгъэм хэлъхьэныгъэ хуащI Урысей ФСИН-м и IуэхущIапIэхэу КъБР-м щыIэм, Узыншагъэр хъумэнымкIэ, ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ министерствэхэм я лIыкIуэхэм
ЦIыхухэр «дзыхь зрагъэз» телефонхэм псалъэу а Iуэхум къызэщIиубыдэхэм ехьэлIа упщIэхэр, щхъухьым епха гугъуехьхэр къызэнэкIыным зэрыхуэщхьэпэн жэрдэмхэр къыхалъхьэ, наркотикхэр хабзэм къемызэгъыу зэрызэблагъэкIым теухуауэ хъыбар ирагъащIэ хъунущ.
КъБР-м щыIэ МВД-м Наркотикхэр зэрызэрагъэкIуэкIым кIэлъыплъынымкIэ и управленэм фигу къегъэкIыж мы Iуэхур щекIуэкI пIалъэм и мызакъуэу, сыт хуэдэ зэманми фыпсалъэ зэрыхъунур, фызыгъэпIейтейм теухуауэ.
«Дыхь зрагъэз» телефонхэр:
КъБР-м щыIэ МВД - (8662) 49-50-62, (8662) 40-49-10 (плъыр часть); Урысей ФСИН-м и IуэхущIапIэу КъБР-м щыIэ - (8662) 75-27-54, (8662) 77-93-89; ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ министерствэ - (8662) 42-28-23; КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм и «Наркологие диспансер» къэрал IуэхущIапIэ - (8662) 44-17-83.
КъБР-м щыIэ МВД-м и пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "301.txt"
} |
«ХамэщIым ди натIэ щыхъуар»
Абазэ Ибрэхьим иужьрей илъэсым къыдигъэкIа тхылъхэм ящыщщ иджыблагъэ къытIэрыхьар, «ХамэщIым ди натIэ щыхъуар» зыфIищар. Ар и бжыгъэкIэ щитху хъууэ Анкара дунейм къыщытехьащ.
«Мы тхылъым тхыдэм и пэжымрэ и гуауэмрэ щызэхуэхьэсауэ къызэрыщыгъэлъэгъуам къыдэкIуэу, адыгэ хабзэмрэ IуэрыIуатэмрэ тегъэщIапIэ ищIащи, ди хабзэхэмрэ хьэл-щэнымрэ ирипхъумэну уасэ зимыIэщ», - щыжеIэ пэублэ псалъэм тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор Уэз ФатIимэ. Тхылъым и япэ напэкIуэцIхэм ущрохьэлIэ мыпхуэдэ зы гупсыси: «Тхыдэтххэм псори ятхыжат, ауэ зауэм кIуэ адыгэ щIалэхэм «емыкIущ» жаIэу кIэлъымыгъыфауэ, ягухэр уIэгъэ хъуауэ къэна хъыджэбзхэм, нысэхэм, анэхэм ягъэвар зэи ятхакъым».
Лэжьыгъэм къалэн нэхъыщхьэу иIар арауэ къысщыхъуащ абы седжа иужь. Пэжщ, шэч къызытумыхьэж тхыдэ Iуэхухэри къыщыгъэлъэгъуащ, ауэ абыхэм нэгъуэщI IэдакъэщIэкIхэми ущрохьэлIэ, мащIэми-куэдми дыщыгъуазэщ. ЖыпIэ пэтми пхуэмыухынур мис а Урыс-Кавказ зауэм хэтахэм, зи псэ зытахэм, хамэщIым къыщыхутэу абы щылIэжахэмрэ я псэри ягури Хэкум щхьэкIэ кърисыкIыу псэуахэмрэ я фэм дэкIарщ, яшэча, нобэми яшэч бэлыхьырщ. Ар зыхозыгъащIэ лэжьыгъэщ мыр, адыгэм и щхьэ кърикIуар тхыдэ псалъэ гъущэкIэ мыхъуу, щапхъэ наIуэхэмкIэ щIэблэм я деж нэзыхьэсыфынщ.
ГъэщIэгъуэну удэзыхьэхщ гъуазджэкIэ, усыгъэ гупсысэхэмкIэ гъэпса Iуэхушхуэхэр Абазэ Ибрэхьим, Тхьэгъэзит Рэфикъ, ГъуэгулI Четин, Цей Елмыз, Лу Джихьан, Цей Гулахьмэд, Пщыбий Мэдихьэ, Къущхьэ Нэдим, апхуэдэуи Думэныщ Iэулэдин сымэ къызэраIуатэр. Тхылъыр зэрызэпыуда Iыхьэхэм я фIэщыгъэхэми къыбжаIэ лъэпкъым и псэр хэзыуда, абы и процент 90-р (яукIами хэкум ирахуами) лъапсэрых зыщIа зауэ мыгъуэжьым гуIэгъуэрэ нэпсу къишар, ар илъэсищэрэ щэ ныкъуэм щIигъуами, зэрымыгъущыжыр. Абыхэм ящыщ зыщ «ХэкущIэм зи псэр щызынахэр» Iыхьэр. Абы хэт хъыбархэр къаIуэтэжащ Цей Хьэсэн, Дыгъу Хьалит, Хьэткъуэ Къадир, Цей Санихьэ сымэ. Мыбыхэм я хэщIапIэри зэразыпыпщIэ хъуну телефонхэри щIэтщ я сурэтхэм, зэхуэзэну, зэпсэлъэну илъэс IэджэкIэ Iэмал зимыIа хэхэсхэмрэ хэкурысхэмрэ я гугъэ лъэмыж хъууэ.
Куэдым жаIэ, Iэджи тетхыхьащ адыгэхэм къращIэр къагурымыIуа хуэдэу. ЩыIагъэнкIи мэхъу цIыху щхьэхуэхэр, ауэ нэхъыбэм пцIы зыхэмылъыж пэжыр зэрызыхащIэм и щыхьэтщ «Гугъэм и гъуэгурыкIуэхэр» Iыхьэм къыщыхьа мы псалъэхэр: «Гъэрхэр хы Iуфэм яшэ. Ахэр кхъухьхэм ирагъэтIысхьэнурэ Уэсмэн къэралыгъуэм ягъэкIуэнущ. Уэсмэн пащтыхьым ди щIыналъэр, езым ейм хуэдэу, урысым иритащ. Зыр ди Хэкум къипщхьауэ щIыналъэр зыIэрегъэхьэ, адрейр, хейуэ зыкъыщIригъэдзыжыну, IэплIэешэкIкIэ къытпыкъуокI», - жеIэ Темрыкъуэ».
«Гугъэм и гъуэгурыкIуэхэр зышэ кхъухьыр Трабзон и жылагъуэбэ Акчаабат есылIат. Кхъухьыр махуэ енкIэ абдеж щытащ, ауэ зы гъуэгурыкIуи кхъухьым ирагъэхьакъым икIи кърагъэкIакъым. ИужькIэ, «шейтIаным и шым шэсар здыхуейм щепсыхыжыфыркъым» жыхуаIэм хуэдэу, зыри къыжрамыIэу, щIэрыщIэу и хъурзэр иIэтыжри, хым техьэжащ…» Ираш адыгэхэр. Мин бжыгъэкIэ. Хэти узым, хэти жьыгъэм, хэти мэжэщIалIагъэм ехь. Къелахэм ящыщу хамыщIыр натIэ зыхуэхъуахэми къапэплъэр тхъэгъуэкъым. АтIэми, псэр IэфIщ, я псэр къелащи фIыщ. Сыт хуэдиз и фIагъыр?! «УIэгъэхэр хъужынт, къупщхьэ къутахэр кIыжынт, ауэ цIыхухэм ягухэм къытрадза мин бжыгъэ дыркъуэхэр, уIэгъэхэр дауэрэ хъужынут? Хэт и IэпэIэсагъэт мыхэр зыгъэхъужынур, мы мафIаер дэтхэнэ хышхуэм и псырат зыгъэункIыфIыжынур?, – итщ псалъэ пэжу тхылъым.
Гугъэрщ адэ щIэиныфIу хэхэс адыгэхэм яIар. Арагъэнщ и адэм и ныбжьэгъур КавказымкIэ къепщэ жьым къыхуихьауэ зыжраIа щIалэ цIыкIум игъэкIуэда ахъшэри абы (жьым) къригъэгъуэтыжауэ къыщIилъытар. «Сэ абы щыгъуэм илъэси 7-м ситт, иджы си ныбжьыр хэкIуэтауэ лIыку сыхъуащи, адыгэ псоми IэплIэ зыхудэзыгъэщIыжын жьы сыпоплъэ», - жеIэ Цей Елмыз.
Аргуэрыжьти, зауэ. Адыгэхэр здэкIуа мы я хэкущIэми илъэс 60-кIэ кIэ зимыIэж зауэхэм я курыкупсэм щыхэтащ. ЗэкIэлъхьэужьу къатепсыха гузэвэгъуэм игъэгумэщIу игъэткIуа адыгэ лъэпкъым и натIэм зауэр кIыпхъэкIэ трагъэуа нэхъей, уэсмэнлы щIыналъэми щыIущIат а емынэм.
Щапхъэ щхьэхуэхэмкIэ цIыхуфэм ишэчыфынур зыхуэдизыр дегъэлъагъу «ХамэщIым ди натIэ щыхъуар» тхылъым. «А лъэхъэнэм мы гуауэхэр зышэча Темыфыкъуэ Алъхъэс, Зэхьрэт, Мусэ сымэ, нэгъуэщI цIыху мин бжыгъэхэр ди цIыхут. Ахэр Абрагъуэ жыгеижьым и зы къудамэ цIыкIум къыпыкIауэ тхьэмпэ зырызт. ГъащIэм и жьыбгъэм пасэ дыдэу, игъуэ нэмысу, и къудамэхэм къыпащIыкIат. Пэжращи, дэ, адыгэ лъэпкъыр, псори а жыгеижьым и пкъым дыхэпсэухьащ, ауэ лъэхъэнэхэр куэдкIэ зэщхьэщыкIырт», - щыжиIэкIэ арэзы удэмыхъупIэ иIэкъым.
Тхылъыр къулейщ дымыщIэж е щымыIэж хабзэхэмкIэ, дызыщымыгъуазэ псалъэхэмкIэ. Псалъэм папщIэ, дэ тщыщу хэту пIэрэ зыщIэр «шэщэн хьэгъуэлIыгъуэм», «шэщэн зэпеуэм» и мыхьэнэр? Мыбыхэм хъыджэбз щIалэхэр хагъэхьэрти, зэхьэзэхуэ ирагъэкIуэкIырт. Шэщэн псалъэр «шэ», «щэ» псалъитIым къытехъукIащ (шэшэн лъэпкъ къэфэкIэкъым). Шэщэн хьэгъуэлIыгъуэ зэпеуэр илъэс къэс зэ, бжьыхьэм и зы махуэ хуэзэу, ирагъэкIуэкIырт. Зэпеуэм хыхьэну хъыджэбзхэм зэхахын щхьэкIэ, гъуо ягъаджэрт. Зы гуп хахырт шэщэн къэфэкIэр хъыджэбзым хузэфIэкIарэ хузэфIэмыкIарэ и унафэр ящIыну. Мы шэщэн къафэ зэпеуэм хъыджэбзым и анэ-адэр ирагъэплъыртэкъым. ЖыхуаIа махуэм утыкушхуэм щызэхуэсхэрт. Шэщэн къэфэкIэр ислъэмейм хуэдэу псынщIэщ. Утыкум зы хьэтиякIуэ къоувэри, зы щIалэрэ зы хъыджэбзрэ къэфэну ирегъэблагъэ. Литрищ зэрыхуэ шыуанитIым, залэкIэ фIэкIа мыныкъуэу, шэ иракIэри хъыджэбзым IэщIалъхьэ. Мис ар иримыкIуту, лъапцIэу къэфэн хуейщ хъыджэбзыр. ЩIалэм и къалэныр ар иригъэкIутынырщ, ауэ зы IэпэкIи, хъыджэбзым лъэмыIусу. ТекIуа хъыджэбзым и анэм гуфIапщIакIуэ хуокIуэхэр, щIалэгъуалэр гуп зэрыгъэхъуауэ. Шэ зэрыт шыуанитIыр анэм иратри, гуфIапщIэу шэм и щэн уасэр къыIах. Кърат уасэри зы матэ из шхыныгъуэщ. Абы иужькIэт хъыджэбзыр джэгу хыхьэну щыхуитыр. ЖыпIэнурамэ, иджыпсту хуэдэу напэтехыу утыкум илъадэхэр щымыIэным щхьэкIэт а хабзэр щIыщыIэжыр.
Хьэмэрэ «Жьуджалэр мэхашэ» псалъэхэр куэдым дощIэ. Сэ афIэкIа и мыхьэнэкIэ абы пэгъунэгъу щыIэу сщIакъым икIи сфIэгъэщIэгъуэнащ «бгъэнбзийхэр шэсу къэувынущ» жыхуиIэр (бгъэныр «тростник обыкновенный» жыхуэтIэращ). Нэбзыху пщащэр фIыуэ зылъэгъуауэ зи къэшэн Долэчэрий абы и ныкъуэкъуэгъу хъуа Наурызым щиукIым, япэм жиIат: «Сэ сызэрыбукIыр зыми имылъэгъуауэ уфIэщIми, ущоуэ. Еплъыт жьыбгъэм зэрихьэ бгъэнбзийхэм, мис ахэр махуэ гуэрым уэ сызэрыбукIам и шэсу къэувынущ». «Хейр лъашэщ, хуэмурэ зокIуэ», - жаIэ. Уэздыгъей гъуэгум къытехьа хейр, илъэс 16 нэужьым, Тыркум Жанболэтыпщым щиухуа къуажэм нэсат. Долэчэрий жиIар пэж хъуат, бгъэн бзийхэр шэсу къыщхьэщытт Наурыз и псэр щыхэкIым. (Наурыз и анэр Зэхьрэтщ, и къуэм щхьэкIэ иуса гъыбзэри къагъуэтыжауэ тхылъым итщ).
ИгъащIэм хьэщIэкIэ фIы, бысымыр зэрыщытын хуейм и щапхъэу дуней псом щыува адыгэм, абы щыгъуэми хамэщI къыщыхутагъащIэхэм, къагурыIуатэкъым нэгъэцIу (тхылъым ахъшэр къызэрыщыхьарщ) къеIыхын хабзэр зищIысыр.Тырку шхапIэм ирагъэблэгъа адыгэхэм ягугъащ хьэщIагъэ кърахыну арауэ. Бысымым къажриIэр ди лъэпкъэгъухэм зэхамыщIыкIыу Iэпщэрыбанэм Iуэхур хуэкIуэн щыщIидзэм, лIыр зэтеувыIэжащ. АбдежымкIэ блэкI адыгэ гуэрым ахэр къилъагъури, тэрмэш яхуэхъуащ, яшхам и уасэр иратын зэрыхуейр яжриIащ. Саус дыхьэшхыурэ Темрыкъуэм зыхуигъэзащ жи: «Уэлэхьи, мыбыкIэ щыIэ муслъымэнхэм хабзэ яхэмылъ».
Адыгэ хабзэмрэ муслъымэн динымрэ зэрызэтехуэ-зэрызэщхьэщыкIым ехьэлIауэ щыIэ Iуэху еплъыкIэхэр, псори дызэрыщыгъуазэщи, егъэлеяуэ зэпэжыжьэщ. Абы и лъэныкъуэкIэ узыгъэгупсысэщ тхылъым къытхуиIуатэ зы Iуэхур, куэдым яхужымыIэр къызэрыгуэкI пэжу къысщызыгъэхъуар. Мэлэч нанэ нэмэз щищIкIэ къаблэмкIэ зэрызимыгъазэр зыжраIа ефэндым щIалэ цIыкIу къеIуэху, пхэнжу зэрищIыр къыжриIэну.
- А ефэндым фIэхъус схуехыж, - жиIащ нанэм. - Сэри сощIэ нэмэз щысщIкIэ къаблэмкIэ зызгъэзэн зэрыхуейр. Ауэ ди къуажэкхъэр дыгъэмыхъуэмкIэ щыIэщ. Сэ нэмэз щысщщIкIэ, кхъэр си щIыбагъым къыдонэ. А кхъэм си адэ-анэр, сипщ-си гуащэр, сыт хуэдиз нэхъыжь щIэлъ. Ахэр псэуху си щIыбагъыр зэи яхуэзгъэзакъым, яхуэфащэ щIыхьри яхуэсщIащ, иджы а емыкIур злэжьу си напэр тесхыжынкъым. Сэ сыадыгэщ, си нэхъыжьхэм пщIэ яхуэсщIыныр си пщэрылъщ. Ислъам фIэщхъуныгъэр къэмыкIуэ ипэ адыгэхэр щыIащ. Ди адэшхуэхэм гъуэгу дагъэлъагъуу, зыми имыкъутэжыфын, цIыху псоми щапхъэ яхуэхъун хабзэ дахэкIей къытхуагъэнащ. Хабзэм емыбакъуэу псэухэмэ, къахуэт щымыIэу адыгэ жыхуаIэжыр ахэращ. Аращ къаблэмкIэ щIэзмыгъазэм и щхьэусыгъуэр. Мыбы къыхэкIкIэ псэкIуэд къэзлэжьмэ, Тхьэм къысхуигъэгъунщ, къысхуимыгъэгъуми, хьэдрыхэ мафIэм сыхисхьэуэ сыпшыныжынкъэ!!»
СфIэгъэщIэгъуэнахэм, зэи зэхэзмыхахэм ящыщщ адыгэхэм Iэнэ лъакъуих зэраIари. Абазэ Ибрэхьим и жыIэращ тегъэщIапIэ сщIыри, абы ныбжьэгъу хуэхъуат Адабэзэр къедза Хьэнхьэблэ къуажэм щыпсэу Жажий Суслу. Зы махуэ гуэрым абы къыжриIащ и адэшхуэм хэкум къришауэ щытауэ Iэнэ лъакъуих зэриIэр. Къригъэлъэгъуащ. Ибрэхьим ар игъэкъабзэри, пхъащIэм деж ихьащ. Зэщхьыркъэпсу тIу къытригъэщIыкIри, Дузджэ къалэм дэс ипхъу Гупсэ зыр иритащ, адрейр хэкум къихьыжауэ езым ехъумэ, хэт хуейми ар Абазэ Ибрэхьим деж щилъагъуфынущ.
Тыркухэм «ящыгъупщэжа» адыгэ лIыхъужьхэм, Уэсмэн къэралыгъуэм и тхыдэм зи лъэужь къыхэзына адыгэхэм, ди лъэпкъэгъу хэхэсхэм къахэкIа цIыху щэджащэхэм я цIэ-унэцIэхэри къыщыхьащ тхылъым. Хъыбархэр къэзыIуэтэжахэм, ахэр зытеухуахэм я IэдакъэщIэкI усэхэмрэ тхыгъэхэмкIи къулейщ. Тхылъым дыщегъэгъуазэ Тыркум щикъухьа Адыгэ Хасэхэм ящыщхэм я лэжьыгъэм, ахэр псори сурэтхэмкIэ щIэгъэбыдащ, укъызэджэр хьэкъыншэу уи фIэщ ящIу.
Куэд дыдэ къыхэбгъэщыфынущ мы тхылъым. Ар зи Iэм IэщIэлъым елъытауэ, фIэгъэщIэгъуэн хъунухэр зэрызэтемыхуэнур гурыIуэгъуэщ. Си щхьэкIэ къыхэзгъэщхьэхукIахэр сэ сызыщымыгъуэза, си псэм пэгъунэгъу хъуа е абы зызыдигъэза Iуэхухэрщ. Апхуэдэ гуэр дэтхэнэ зы щIэджыкIакIуэми лэжьыгъэм къызэрыхигъуэтэнум шэч хэлъкъым.
ИСТЭПАН Залинэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "302.txt"
} |
СулътIан Къанщауэ Гъур и «Къащидэ лъапIэхэр»
ИЛЮШИНЭ Миланэ (Санкт-Петербург) тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат, доцент
Иужьрейм ипэ къихуэу мамлюк сулътIану тета Аль-Гъуурий Къанщауэ (1501 - 1516) и усэ тхылъ Iэрытх щIэлъщ Дание пащтыхьыгъуэм и тхылъ хъумапIэу Копенгаген дэтым.
Ауэ Iэрытхым тепщIыхьмэ, сулътIаным зэреджапхъэр Аль-Гъэурий Къанщауэщ, сыту жыпIэмэ, унэцIэм и япэрей хьэрфым IупщIу фэтхьэ («э» кIэщI) телъщ. А хьэрфзешэ дыдэращ телъыр «Къащидэ лъапIэхэр» и фIэщыгъэу Аль-Гъэурий и мамлюкхэм язым кърыригъэтхыкIа усэ тхылъу Iэрытххэм я институт Каир дэтым щIэлъми. (Дание тхылъ хъумапIэм щIэлъ Iэрытхым ит усэ плIыщIрэ тIум щыщу щэщIрэ хыр къазэрыщхьэщыкIышхуэ щымыIэу «Къащидэ лъапIэхэм» тохуэ). «Э» кIэщI телъщ Аль-Гъэурий Къанщауэ и цIэкIэ икIи и лъэIукIэ ящIа «Шахнаме» тхылъым и копиеми.
Тхыдэтх Ибн Ийас (1448 - 1524) сулътIаныр тахътэм щитIысхьа махуэм ирихьэлIэу хузэхилъхьа усэми, 1512 гъэм и гъэмахуэм къэхъуа Iуэхугъуэхэм щытепсэлъыхьыж къащидэми Аль-Гъуурий цIэ лейм хэт «гъ» хьэрфым щытрилъхьэр дэммэщ («у»-кIэщI). Гугъущ уи нэгу къыщIэбгъэхьэну сулътIаным и лъэхъэнэгъуу щыта, шэрджэс мамлюк унагъуэм къыхэкIа тхыдэтх цIэрыIуэ Ибн Ийас сулътIаным и унэцIэр пэжу зэратхыр имыщIауэ. Апхуэдэ дыдэу фIэщщIыгъуейуэ къыпщохъу езы сулътIаным и унафэкIэ ятха тхылъхэм щыуагъэ кIуэнри. Мысыр тхыдэтх Шэхьбан Мухьэммэд Марсэ зэрыжиIэмкIэ, Iуэхур дыкъуакъуэ зыщIа щхьэусыгъуэу щытынкIи хъунур Къанщауэ и хэкур Аль-Гъэур (иджырей Иорданием, Палестинэм, Израилым хыхьэ) щIыпIэм ирипхыну зэрыхуеярщ. Апхуэдэ гукъыдэж абы ищIынкIи щIэхъуар къыбгурегъаIуэ сулътIаным шэрджэсхэр гъэсанидхэм къатехъукIауэ, абы къикIыр - хьэрып лъабжьэ яIэу - жиIэу зэрыщытам. Ибн Ийас и тхыдэр щитхыжар Мысырыр Уэсмэн къэралыгъуэм хыхьа нэужьщ, абы щхьэкIэ мамлюк сулътIаныр хьэрыпхэм къахэкIауэ къигъэлъэгъуэныр фIэигъуа къыщIэкIынкъым. Иджырей тхыдэ щIэныгъэм тхыкIитIми ущрохьэлIэ: Аль-Гъуурий, Аль-Гъэурий. Мы лэжьыгъэр урысыбзэ тхыгъэхэм нэхъыбэрэ къыщыкIуэ Аль-Гъуурий тхыкIэм тетщ.
Мамлюк дзэзешэ куэдым хуэдэу, Къанщауэ Гъур къызыхэкIам теухуауэ хъыбар гунэс щыIэкъым. Абы и цIэ лейр Каир дэт быдапIэм хыхьэ Аль-Гъуур казармэм ирапх. Къаит-бей (1468 - 1496) и мамлюкыу щыщыта зэманым Къанщауэ абы щеджагъэнщ. Хуэзыгъэфащэ щыIэщ сулътIан хъуну зи натIэ щIалэр куржы къалэ Гори е абы и Iэгъуэблагъэм къыщалъхуауэ, сыту жыпIэмэ, аль-Гъуур казармэм щIэса мамлюкхэм я нэхъыбэр а щIыпIэм щыщт. Мысырым Къанщауэ къэзышауэ зыхуагъэфащэр Бабирди зи цIэ сондэджэрырщ.
Къанщауэ Гъур Къаит-бей и мамлюкыу щытащ. Щхьэхуит хъуа нэужь, абы шырэ фащэ къызыхащIыкIын щэкIрэ къратащ, итIанэ сулътIаным и камердинеру - мамлюк аль-джэмдария - жыхуаIэм хуэдэу ягъэуващ. ИтIанэ щIалэр Къаит-бей и хъумакIуэхэм хагъэхьэ. 1481 гъэм, езым и цIэджэгъу, дзэзешэ ХъэмсмиIэ Къанщауэ и жэрдэмкIэ, Къанщауэ Гъурыр Мысыр Ищхъэрэм и кашифу (унафэщIу) ягъэув. Илъэсищ докIри, ар пщIым я дзэпщ цIэр зэрихьэу Хьэлэб ягъакIуэри, Тарсус и къалэтет мэхъу, зэман докIри, Хьэлэб къегъэзэж. 1489 гъэм щегъэжьауэ ар сэреидзэм и пашэу, а къалэм сулътIаным щилIыкIуэу мэлажьэ. 1493 гъэм Къанщауэм зыкъэзыIэтахэр щытхъу къилэжьу игъэмамырыжащ. КъыкIэлъыкIуэу ар Малатье (Анадолэ КъуэкIыпIэм) и тет хъуащ. ЩIыпIэ пхыдзахэм фIыуэ зэрыщылажьэм Къанщауэ Гъур зи унафэм зауэлI мин нэхърэ мынэхъ мащIэ щIэт сулътIаныгъуэм и дзэпщ пэрытхэм ящыщ ищIат. Къаит-бей дунейм ехыжу абы и къуэ Ан-Насир Мухьэммэд трагъэкIа нэужь, сулътIан хъуну къагъэлъагъуэхэм язт Къанщауэ Гъур. Аз-Захир Къанщауэ (1498 - 1499/1500) ар сулътIаным и мамлюкхэм я пашэу зэригъэуву, Къанщауэ Гъур Аль-Адиль Тумэнбей дзыхь зыхуищI къулыкъущIэхэм ящыщ хъури, администрацэм зэуэ къулыкъуиплI щрихьэкIын щIидзащ: дэуэдар нэхъыщхьэ - «шакъалъэм и хъумакIуэ» (сулътIаным и дэфтэр хъумапIэм и унафэщI); уэзир (ар налогхэмрэ сулътIаным и пщэфIапIэмрэ кIэлъыплъырт), устадар (унэзехьэ, сулътIаным и чэнджэщэгъу, сулътIаным и унафэр абы и псэупIэхэм, и хъумакIуэхэм, и мамлюкхэр зыщIэс казармэхэм щыпхызыгъэкI), кашиф нэхъыщхьэ. Аль-Адиль Тумэнбей 1501 гъэм мэлыжьыхьым и 19-м традзащ. Абы и пIэ иувэну хэта эмиритIыр къанэри, къыкIэлъыкIуэ махуэ дыдэм, 1501 гъэм мэлыжьыхьым и 20-м, Къанщауэ Гъур сулътIан хъуащ. Ибн Ийас щыхьэту къоув абы унафэр къыIэрыхьэу тахътэм щитIысхьа махуэм гъыныр зэпимыгъэууэ, сулътIаныгъуэри тепщэм хуэфащэ щхьэешыхьэкI фIыцIэри къищтэн имыдэу нэпс куэд зэрыщIигъэкIамкIэ. Апхуэдэу хъуами, къыкIэлъыкIуэ илъэс пщыкIутхум сулътIаным ткIийуэ Мысырым унафэр щиIыгъыфащ.
ЕпщыкIутхуанэ лIэщIыгъуэм и кIэм мамлюк тепщэгъуэр мылъку и лъэныкъуэкIэ къызэрымыкIуэ щытыкIэ гугъу ихуат. Хэхъуэ зимыIэж хъарзыналъэр зэригъэпэщыжын папщIэ, Къанщауэ Гъур хэхыпщIэхэр, къэрал ихьэпщIэхэр нэхъыбэ ищIат, псапэхуэщIэу зэрахьэ хэхъуапIэ гуэрхэр хэкум и мылъкум хигъэхьат. Ар зи гуапэ мыхъуа къулыкъущIэхэми цIыхубэми я мыарэзыныгъэр нэрылъагъут. СулътIаным и Iуэху зехьэкIэ ткIийм япэщIыкIэ фейдэ къимыхьу къафIэщIащ, къекIуэкI хабзэм тету унафэм къыпэщIэувэхэмрэ ныкъуэкъуэххэмрэ къалащхьэм дагъэIэпхъукIмэ мынэхъыфIу пIэрэ жаригъэIэу. Къаугъэхэр зэпыуртэкъым. Къулыкъу зезыхьэхэм гурыщхъуэ зыхуамыщI яхэттэкъым, илъэс нэхърэ нэхъыбэкIэ тепщэгъуэм щагъэлэжьаи къахэкIакъым. Зэрытеувэрэ илъэситху щрикъум, сулътIаныр традзыну зи мурад щIэпхъаджащIэ гуп аргуэру къаубыда нэужь, Къанщауэм и гур нэхъ загъэри, апщIондэху Каир къимышэу щIыпIэ пхыдза гуэрым щиIыгъа и щхьэгъусэр Чэщанэм къигъэIэпхъуауэ щытащ.
Къанщауэ Гъур адрей мамлюк сулътIанхэм нэхърэ мынэхъ мащIэу елIалIэрт сулътIаным и пщIэмрэ и Iулыджымрэ зыIэтыну Iуэхухэм. Диным зэрызыщIигъакъуэмрэ щэнхабзэм зэрыхэлэжьыхьымрэ и фIыгъэкIэ, абы Алыхьталэм фIэлIыкI, щIэныгъэр зи щIасэ сулътIану фэ къытеуат. Мылъкур бэгъуэн папщIэ зэхуигъэхъуа экономикэ зэхъуэкIыныгъэхэми къулыкъущIэхэм я зэныкъуэкъум кърикIуэ Iэуэлъауэхэми нэхъ фагъуэ ящIэхъукIыртэкъым псапэу къаIэт Iуэху щхьэпэхэри, щIэх-щIэхыу къызэIуах мэжджыт лъагэхэри, еджапIэ телъыджэхэри, тхылъ хъумапIэ бейхэри.
1503 гъэм и гъатхэм сулътIаным и унафэкIэ яухуа мыдрисэ телъыджэ къызэIуахат. Абы теухуауэ къаIэта тхьэлъэIур жэщ псокIэ екIуэкIащ. Мыдрисэ унэр дахэу зэрызэлъыIуахам зэритхьэкъуам къыдэкIуэу, къекIуэлIахэм уэздыгъэ цIыкIухэмкIэ къэгъэнэхуа Iэнэхэм ятелъа ерыскъы берычэтыр ягъэщIагъуэт. ИужькIэ сулътIаным мыдрисэм пэгъунэгъуу кхъэлэгъунэрэ псыутх зыхэт псыефапIэрэ хригъэщIыхьащ, 1503 гъэм абы мэжджытыщIэ щригъэухуащ.
Къалэ лъапIэхэм хьэжыщI кIуэхэр зэкIуалIэ Акъабэ, Къанщауэ и унафэкIэ, гъуэгурыкIуэхэр зыщIэсынрэ быдапIэ зыбжанэрэ дащIыхьат. 1515 гъэм и бжьыхьэм Хъаирбек зи цIэ архитекторыр инженер, пхъащIэ, ухуакIуэ гуп и гъусэу Мэчэм кIуауэ щытащ, гъуэгурыкIуэхэм папщIэ сымаджэщрэ екIуэлIапIэрэ иухуэну. КъинэмыщIауэ, абыхэм унафэ хуащIат Мэжджыт ЛъапIэм и пщIантIэр мывэкIэ къращIыкIыну, Базан псыежэхым икIыу къалэм псы ирашэлIэну.
1506 гъэм и кIэм е 1507 гъэм ипэ дыдэм Щам кърашри мысыр къалащхьэм пхъэщхьэмыщхьэ жыгхэр, удз гъагъэхэр, кокос пальмэхэр Чэщанэм и гупэм кърагъэтIысэкIат. Ибн Ийас зэрыжиIэмкIэ, Къанщауэ Гъур жэрдэмыщIэхэм зыIэпишэрт икIи хадэщIэм къыщикIухьын фIэфIт. 1508 гъэм абы гуэл IэрыщIрэ IущIыхьхэмрэ хащIыхьащ. 1513 гъэм сулътIаным унафэ ищIащ Каир псыутхыщIэхэр щыпхашыну.
СулътIаныр ящыщт тхылъ зэдзэкIыныр, ахэр щIэрыщIэу къратхыкIыжурэ къыдагъэкIыныр зыфIэигъуэ тепщэхэм. Къанщауэ цIэрыIуэщ мамлюк сэрейм щIэлъ Iэрытххэм сурэт япэу зэрахуригъэщIамкIэ. Езы сулътIаным и Iэдакъэ къыщIэкIауэ тхыгъитI хэIущIыIущ. Мысыр щIэныгъэлI Аззам Абдулуэхьэб а тхыгъэхэм щытопсэлъыхь 1941 гъэм утыку кърихьа лэжьыгъэм. Езым хуагъэфэща щытхъу усэм Къанщауэ усэбзэкIэ иритыжа жэуапыр Аль-Гъази Нэжмудин и биограф псалъалъэм къыщехь.
Дание пащтыхьыгъуэм и тхылъ хъумапIэм щIэлъ Iэрытхыр фIыуэ хъума хъуакъым, и Iыхьэ гуэрхэр къыпхуихыркъым. Ар къизытхыкIари, щатха илъэсри хэплъагъукIыркъым. Тхьэмпэ плIыщIыр (тхылъымпIэ напэ къэс сатырибгъу тету) зи къуапэхэр кхъуэщыныфэкIэ къэдыхьа европей тхылъымпIэ Iувыр и жинту зэкIэрышхащ. А теплъэщIэр Iэрытхым щигъуэтар Даниерауэ хуэгъэфэщэгъуафIэщ. И дзакIэм «CRVIII» хьэрфхэр къытенащ икIи тетхащ: «Poёmata Sultani Kanzuh el-Gauri». Тхыгъэм хьэрфзешэхэр псори телъщ, зэрытхар шакъэ фIыцIэщ, нэсхъ IупщIщ, шакъэ плъыжьми урохьэлIэ, псалъащхьэхэр дыщэпскIэ тхащ. Иужьрейм ипэ ит усэм псалъащхьэ теткъым.
Тхылъым ит усэхэм я нэхъыбэр диным епхащ. СулътIаным и цIэр къызыхэщ едзыгъуэ къэс ар Алыхьталэм фIэлIыкI муслъымэныфIу, фIэщхъуныгъэ куу зыбгъэдэлъ къэрал тепщэу уи нэгу къыщIегъэхьэ. Едзыгъуэ щхьэхуэхэм суфийхэм я усэ гъэщIэрэщIэкIэ Iэмалхэм уащрохьэлIэ:
Тепщэр Уэращ, Iуммэтри Ууейщ,
Гъуурийуэ Уи тхьэмыщкIэм ныббгъэделъхьэ
КъыIэщIалъхьа сулътIан пщэрылъыр…
И Тхьэм йолъэIу Гъуурийр,
Сыт хуэдэ Iуэху къыхукъуэкIми,
Пащтыхь ящIащ ар,
Ауэ Лъагэуэ ЛъапIэм и пщылIу къэнащ.
КъадэIэпыкъу къыпщыгугъхэмрэ
Уи пщылI Гъуурийрэ;
Уи нэфIыр псэм и плъапIэщ…
Iэшрэф Гъуурий дзэр зэригъэпэщащ,
ЩIэтщ зауэлIхэр сулътIаным и унафэм;
Тхьэм и Нэхур илъагъуну пIэрэ Гъуурий?
Арат ар зыщIэхъуэпсыр
Пащтыхьыгъуэми тахътэми хуемыплъэкIыу.
ПсэкIэ чэфщ Гъуурий,
Гур зыгъафIэ а махъсымэ IэфIым еIубащи…
СулътIан тахътэм ис Гъуурий щыхьэту къоув
Нэхур пащтыхьыгъуэм зэрефIэкIымкIэ.
КупщIэ щIэлъщ Гъуурий и усыгъэм,
Гум къинэжынущ;
Абы ещхь усакIуэ дапщэ тета мы дунейм,
Иджы зыми я цIэр имыщIэжу.
Къарууншэщ Уи пщылI Гъуурий,
Гур фIагъэкIуэдащ къыIэщIэщIа гуэныхьхэм;
ГущIэгъубэм къолъэIу и псэкIуэдхэр
хуэбгъэгъуну!
Гъуурийуэ Уи пщылIыр езыр гу Iувкъым:
Зэпыукъым абы Тхьэм фIэлIыкIыу щIигъэкI
и нэпсхэр;
ФIыгъуэр зыгуэшым Уи гущIэгъум щогугъ,
КъагъэщIахэм я нэхъ Iейм
Щыпхъумэну мэлъаIуэ;
ПсэкIэ зыныуитащ Гъуурийуэ уи пщылIым,
И гупэри къыхуэбухам хуигъэзащ.
Гуэныхьыбэу уи пщылI Гъуурий
ЩIегъуэжакIэщ икIи къигъэзэжакIэщ…
Тхьэуэ Лъэщым йолъэIу Гъуурий
И псэкIуэдхэр хуигъэгъуну;
Абы и унафэр егъэзащIэ,
ФIыщIэ хуещI, и щытхъури еIэт;
Уэращ щыуагъэхэр зыгъэзэкIуэжыр,
Гъуурийр узыгъэпэж уи пщылIщ;
ГуфIэгъуэ Iэджэм щIэлъэIуу щыта Гъуурийм
Иджы Уи деж екIуэлIапIэ къыщелъыхъуэ;
Алыхьырщ Гъуурий зыхуэныкъуэр,
Абы жиIэр фIэзахуэщ,
И унафэм щIодэIу,
И щIыхьэпIэм деж Iутщ;
Зэхэх и тхьэлъэIур
Тобэ къэзыхьыжа уи пщылI Гъуурий!
Гъуурийуэ уи пщылI тхьэджэм
Сыту фIы куэд Iэрыхьат Уэ Уи тыгъэу!
БзэгукIи гукIи
ФIыщIэ хуещI и Тхьэм Гъуурий,
ПсэкIуэдхэм щыщтэу
Тхьэм и гущIэгъум зыкъуедзэ;
Гъуурий и псэм телъ бжьыгъэр тригъэкIыжыну хуейщ,
ГущIэгъубэм йолъэIу зыхуигъэгъуахэм яхибжэну;
Щыхъумэ залымыгъэм
Уи пщылI Гъуурий,
И чэзур къэсмэ!
ЩифIэщщ Гъуурий и фIылъагъум,
Ар и гъусэщ Алыхьталэм щыгугъхэм,
Тхьэм и пщылIхэм яхэткъым абыхэм нэхърэ нэхъ лъэщ;
Уи щабагъым щогугъ Гъуурийр,
Къэпхъумэну мэлъаIуэ…
ФIыщIэр гу къабзэкIэ еIэт;
ГущIэгъум хиубыдэнырщ абы и плъапIэр,
КъыдэIэпыкъу, ди Тхьэ, гъуэгу захуэм темыгъуэщыкIынкIэ;
Уи пщылI Гъуурийр мэкIэзыз,
Гъазэ имыIэу зэринэкIащ абы и псэкIуэдхэр;
Зиусхьэныр арэзы къыхуэхъуну
Мэгугъэ абы и пщылI Гъуурий;
Уи пщылI Гъуурий щIегъуэжри къигъэзэжащ,
И щIыб яхуигъэзэпащ абы и гуэныхьхэм;
Гъуэгу захуэм тету шэ пщылI Гъуурий,
Тхьэм и нэфIыр тыгъэ абы къыхуэщI;
Мы дунейми адрейми
Псори щызезыгъакIуэм
И гъащIэр IэщIелъхьэ Гъуурий,
Хуэарэзыщ Алыхь унафэм;
ПэIэщIэ щIы и щыуагъэхэм Гъуурий
Уи пащхьэ ныщихьэжкIэ…
Уэ ди Тхьэ! Мыр жызыIэр Гъуурийщ…
Уэ Гущабэ! Уи пщылI Гъуурий
ПщIыхьэпIэ къыхуэбгъэкIуэну мэлъаIуэ;
Сэ, Гъуурий - пщылIыр
СыпхуэжыIэщIэщ, схуэбгъэгъуну солъаIуэ;
Щыхьэту къоув Уи пщылIыр
Уэ УзэрызакъуэмкIэ…
ФIылъагъум щифIэщщ Гъуурий
ИгукIи, и гукъэкIхэмкIи;
ИщIахэр къабылу IахынкIэ
Мэгугъэ Гъуурий,
Хуэкъабзэщ абы и гур Алыхьу къэзыгъэщIам;
Сэ - Аль Iэшрэф Гъуурий - пщылIыр
ПщылIхэм я Тхьэм солъэIу си натIэ
итым сыхуигъэзэну;
Сытри зигу пыкI! Уэ къызэптащ
Уи Унэмрэ ЩIыналъэ ЛъапIэмрэ
сахуэпщылIын къалэныр,
Пащтыхьыгъуэри къысIэщIэплъхьащ…
Хуэхъу Абы дэIэпыкъуэгъу, Гъуурий;
Уа, пщылIхэм япщ! Уи пщылI Гъуурий
Иджы щIыналъэхэм я нэхъыфIым хуопабгъэ,
ЩхьэщыжакIуэм деж, и чэзур къэсмэ, екIуэлIэжыну.
Гъуурийр муслъымэн Iэсэу, зи гупсысэхэр псори Тхьэм хуэгъэза, зи IуэхущIафэхэр цIыхубэм ифI зыхэлъ къэрал унафэщIу къыхощ мы сатырхэм. Аращ мыхьэнэ нэхъыщхьэу мы усэхэми, ахэр гу лъумытащэу зэзыпх щIагъыбзэми къыхэбджыкIыр. Суфийхэм я гугъу зэрищIым къегъэлъагъуэ абыхэм мамлюк жылагъуэм увыпIэшхуэ щаубыду зэрыщытар. Мамлюк сулътIанхэм ущиякIуэхэм папщIэ хэщIапIэ куэд яухуащ, абыхэм пашэ яхуэхъунур нэхъыбэм езыхэм къагъэлъагъуэрт. Апхуэдэ хэщIапIэхэм щагъасэ зауэлIхэм папщIи псэупIэ щыхагъэщхьэхукI къэхъурт, псалъэм папщIэ, Бейбарс ЕтIуанэм иухуахэм ещхьу. Езы Къанщауэ Гъур хъэлуэтийэ суфий къудамэм и япэрей зэхуэсыпIэр къызэзыгъэпэща Гюльшени Ибрэхьим (1534 гъэм дунейм ехыжащ) зыщIигъакъуэу щытащ. 1516 гъэм, Мардж Дэбикъ деж мамлюкхэр уэсмэнхэм щапэщIэува зауэзэрылI нэхъ иным ипэ къихуэу, Къанщауэ Гъур бэдэуийэ, къадирийэ, рифахьийэ къудамэхэм я ущиякIуэхэр дэщIыгъуу и дзэхэр къызэхикIухьауэ щытащ.
СулътIаным и зауэлIхэмрэ и пщылIхэмрэ я гугъу щещI усэ тхылъым и япэ напэкIуэцIхэм:
Си зауэлIхэр зыгу зы щхьэу зэкъуэгъэувэ,
Къабзэрэ IупщIу щрет абыхэм я плъапIэхэр;
ПцIыкIэ ди ужь къихьахэр зэтекъути гъэкIуэд,
Хахуэм, пэжым, лIыгъэ зыхэлъым
И лъэр гъэбыдэ;
ЩIэгъэт ахэр си жьауэм,
Ахэращ хэкум и гугъэри и хъумакIуэри;
Закъытеубгъуи къалъыгъэс абыхэм
Лъагэу зыIэтын ехъулIэныгъэ;
Псом ялейуэ хэкур зыщыгугъхэм,
Псапэр я Iэпэгъуу, ухыгъэм и пащхьэ итхэм.
ЩIэтщ дзэр унафэм,
Псори къытхуэпэжщ, псори зэрыIыгъщ.
Ди къуэхэм хуэдэу долъагъу, зэхэгъэж дымыщIу;
Алыхьым къихъумэ, я зэкъуэтыныгъэм хэмыщIу;
Гури псэри егъэнщI фIылъагъуу яхузиIэм,
ГуфIэгъуэкIэ Тхьэм дызэхуишэсыж.
Ящыщ дэтхэнэри ди къуэшщ,
Блыным хуэдэу мыланджэу хэкур яхъумэ,
Я къарур трагъэкIуадэ;
ТекIуэныгъэр зи Iэпэгъу ди шуудзэм
И шу къэс пэжкIэ къыдбгъэдэтщ,
Зыми гурыщхъуэ хуэдмыщIу.
НыбжьыфIэ къэс ди адэщ; лIыкур ди шынэхъыжьщ,
НэхъыщIэ псори ди бын пэлъытэщ.
Мы ищхьэкIэ къэтхьа сатырхэм мамлюк жылагъуэри, сулътIан унафэри, зауэлI текIуэныгъэри зи Iэпэгъу хабзэхэр къагъэлъагъуэ. А хабзэ лъагэхэм мамлюкхэр пэIэщIэ хъуху, къэралым къыщыхъу зэрызехьэхэри нэхъ шынагъуэ хъурт, сулътIаным и унафэми, и гъащIэ дыдэми куэд ямыкIужыныфэ къытеуэу. Дзэм зэкъуэтыныгъэр зэрыфIэкIуэдамрэ уэсмэнхэм ягухьа дзэпщыр къазэрепцIыжамрэщ щхьэусыгъуэ хуэхъуар мамлюкхэр Дэбикъ губгъуэм зэрыщызэхакъутами Къанщауэ Гъур сулътIаныр зэраукIами.
Данием и пащтыхь тхылъ хъумапIэм щIэлъ тхылъ Iэрытхым ит усэхэр мамлюкхэм я усыгъэм и щапхъэ гъуэтыгъуейщ. «Муашшахъ» тхыкIэкIэ зэхэлъхьа абы ит къащидэхэмрэ усэ гъэпсахэмрэ уи фIэщ ящI мамлюкхэм я щэнхабзэмрэ я цIыхубэ зэхэтыкIэмрэ бджын папщIэ, «Къанщауэ Гъур и Диваныр» мыхьэнэшхуэ зиIэ тхылъу зэрыщытыр.
Зыгъэхьэзырар Чэрим Марианнэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "303.txt"
} |
КIэрыхубжьэрыхум дыщIимыгъэнэн папщIэ
Нобэ ЩIым щыпсэу цIыху бжыгъэм хуэдиз зэуэ дунейм щытета къэхъуакъым - меларди 7,5-рэ дохъу. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, иджы хуэдэу кIэрыхубжьэрыху куэд зэи щыIакъым.
Куэншыбрэ кIэрыхубжьэрыхуу губгъуэм иткIутэр, псым хэткIутэр Iэужьыншэ хъуркъым: абыхэм узыфэ зэмылIэужьыгъуэ куэд къахокI, псэущхьэхэмрэ хьэкIэкхъуэкIэхэмрэ зэран яхуохъу, хьэуар, псыр яуфIей.
НэхъапэIуэкIэ пхъэ, тхылъымпIэхэкIхэр щIым хэкIуэдэжу щытамэ, нобэ гъущIхэкI, радиоактивнэ пкъыгъуэ, пластмассэ, щIым хуэмыгъэткIу къинэмыщI куэдкIэ ди щIыр докудэ. Псалъэм папщIэ, илъэсым къриубыдэу пластмасс птулъкIэ мелард 200, стэкан цIыкIуу мелард 58-рэ хыфIыдодзэ. А псор, зэрыгурыIуэгъуэщи, щIым щIофыхь, абы къапкърыкI щхъухь гуащIэхэр щIым къыщIэтш псы дызэфэм къыхолъадэ, къэкIыгъэхэм зыщIашэ, дэ ар дошхыж. КъищынэмыщIауэ, зэпкърымыхуу къэнахэр, щIым илъэси 100-кIи хэлъыфынущ, зэран хъууэ, мыткIуу.
Къэбэрдей-Балъкъэрым кIэрыхубжьэрыху идзыпIэ зыбжанэ иIэщ, цIыхухэм зэран яхуэхъуу, иращIэнур ямыщIэу, хабзэм къемызэгъми, IэмалыншагъэкIэ абдежхэм щызэхуахьэсын хуей хъуауэ. Псалъэм папщIэ, Аруан куейм гъуэгубгъур кIэрыхубжьэрыху идзыпIэ щащIри, псалъэмакъ куэд къекIуэкIащ, иужьым абыхэм щелэжь IуэхущIапIэ къызэIуахри, зэман кIэщIкIэ псори зэтрахащ. НобэкIэ апхуэдэ пхъэнкIий идзыпIэхэр къуажэ къэс щыIэщ, ауэ КъБР-м и Жылагъуэ палатэм зэрыщыжаIамкIэ, нэхъ фIей дыдэу республикэм щыIэр Майскэ къалэмрэ Дзэлыкъуэкъуажэ, Зеикъуэ, Къэрэгъэш, Щхьэлыкъуэ, Лашынкъей, Красносельское, Малкэ къуажэхэмрэщ.
Сыт ар къызыхэкIыр жыпIэмэ, къуажэм и кIэрыхубжьэрыхур зыхуей хуагъэзэн хуэдэу администрацэхэм ахъшэ иратыркъым, республикэм апхуэдэ IуэхущIапIэ зэкъуэтIакъуэщ щыIэри, а псом пэлъэщыркъым.
КIэрыхубжьэрыхухэм зэрелэжьыж щIыкIэм, хамэ къэралхэм а Iуэхур зэрыщыгъэувам тыдогъэпсэлъыхь КъБКъУ-м и профессор, химие щIэныгъэхэм я доктор Мэшыкъуэ Нурхьэлий.
- Нурхьэлий, мы дунейм сыт къыщекIуэкIрэ кIэрыхубжьэрыхухэм ятеухуауэ?
- Псом япэрауэ, къыхэгъэщыпхъэщ илъэсым тещIыхьауэ зы цIыхум кIэрыхубжьэрыхуу килограмм 300 зэрыхуэзэр. КъызэрыгуэкI цIыхум и унэ щIихым и проценти 10-р бгъэс хъунухэрщ, 25-р - ерыскъыпхъэщ, 50-р - полимерщ, 15-р - гъущIхэкI, бзыпхъэ, абдж, хьэфэ, къинэмыщIхэращ. Куэд егупсысу пIэрэ хыфIадза пхъэнкIийм адэкIэ иращIэм, здахьым? ЗэрытщIэмкIэ, ди кIэрыхубжьэрыхухэр машинэшхуэхэмкIэ губгъуэм яшэри иракIут, зэтраубэ. Европэм и къэрал зызыужьахэм нэгъуэщIщ щытлъагъур: кIэрыхубжьэрыхур зэхадз, унэм щIахын и пэ къихуэу. ТхылъымпIэр, абджыр, полимерыр щхьэхуэ-щхьэхуэу зралъхьэ яIэщ. Е пщIантIэ кIуэцIым кумбыгъэшхуищ къыдагъэувэ, кIэрыхубжьэрыхухэр зэхэдзауэ ирадзэу. Ар нэхъ тыншыжщ. Машинэшхуэхэр къыкIэлъокIуэри, кIэрыхубжьэрыхухэм щелэжьыж заводхэм зыхуей щыхуагъазэ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ мэзри, хьэуари, псыри, щIыри яхъумэ. Дауэ жыпIэмэ, тхылъымпIэр ягъэвэжурэ, ягъэкъэбзэж, абджыр ягъэткIуж, полимерыр мономеру зэпкърагъэхужри щIэрыщIэу нэгъуэщI хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэр къыхащIыкIыж. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, абы мылъку нэхъ мащIэ токIуадэ, псалъэм папщIэ, мэзым пхъэ къыщIэпшу къыхэпщIыкI нэхърэ.
- СыткIэ шынагъуэ кIэрыхубжьэрыху идзыпIэхэр?
- Псом япэрауэ, ар уэгум йохьэ, жьауэм хуэдэу, ди щIыгум къыщхьэщогъуалъхьэри, дыгъэпсыр къыпхыкIыу, ауэ хьэршым имыгъэзэжыфурэ, хьэуар къегъэплъ. Хуабагъэм хэхъуэху, мылхэр мэткIу, дунейпсо тенджызым зыкъеIэт. ЕтIуанэрауэ, кIэрыхубжьэрыхухэр езыр-езырурэ зэпкърыхужыркъым, ахэр илъэсищэ бжыгъэкIэ щIым хэлъыфынущ зэран хъууэ. ЩIыр зыхуей хуэбгъэзэжыным зэман куэдрэ мылъкушхуэрэ токIуадэ. Ещанэрауэ, дунейр щыхуабэм деж кIэрыхубжьэрыхухэм мафIэ къащIэнэнкIэ шынагъуэщ. Псалъэм папщIэ, дезодорант къэплъар къауэрэ тхылъымпIэм щIэнэмэ, Iэгъуэблагъэм ит къэкIыгъэхэм, жыгхэм зридзынущ.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и гугъу пщIымэ-щэ?
- Ди республикэм къыщекIуэкIыр псори нэрылъагъущ – къуажэ, къалэ къэс щIыпIэ хэха яIэу, абы щызэтракIутэу аращ. Аруан куейм гъуэгу Iуфэм деж щызэтракIутэу щытат кIэрыхубжьэрыхур. Абы хуабжьу дигъэпIейтейрт. А щIыпIэм пэмыжыжьэу завод щаухуэри, псори ягъэкъэбзэжащ. Мис апхуэдэ заводхэр район къэс дэщIыхьыпхъэщ, ди республикэ дахэр адэкIи щIэрэщIэн папщIэ. «КомбиТех» технологиер къагъэсэбэпу, хамэ къэрал IуэхущIапIэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым кIэрыхубжьэрыхум щелэжьыж завод зыбжанэ щрагъэухуэну зэрызэгурыIуэнум тепсэлъыхьащ иджыблагъэ. Дауи, ар фIы дыдэт, сыту жыпIэмэ, кIэрыхубжьэрыхум уелэжьын щхьэкIэ мылъкушхуэ ухуейщ, ди къару закъуэкIи а Iуэхум дыпэлъэщынукъым. Ди республикэм «Экопункти» 10 щыIэщ, абыхэм абдж, пластмассэ, тхылъымпIэ Iах, уасэ гуэр къыпэкIуэу. Бахъсэн къалэм щаухуэ кIэрыхубжьэрыхум щелэжьыну цех. Сэ зэрысщIэмкIэ, а IуэхущIапIэм Бахъсэн къалэм къищынэмыщIауэ, республикэм и адрей щIыпIэхэми кърашхэр щыIахынущ. ХьэрычэтыщIэ зыбжанэми дызытепсэлъыхь завод цIыкIухэм хуэдэ къызэрагъэпэщри, ари хъарзынэщ.
Епсэлъар ФЫРЭ Анфисэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "304.txt"
} |
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм и унафэм щIэт къэрал IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм лэжьапщIэ зэрырат отраслевой хабзэм теухуа Положенэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
2019 гъэм гъатхэпэм и 4-м Налшык къалэ №29-ПП
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм и унафэм щIэт къэрал IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм лэжьапщIэ зэрырат отраслевой хабзэм теухуа Положенэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2013 гъэм жэпуэгъуэм и 18-м къыдигъэкIа унафэ №286-ПП-мкIэ къащтам, мы унафэм и гуэдзэным къыщыгъэлъэгъуа зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI МУСУКОВ Алий
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "305.txt"
} |
Дунейм щыхъыбархэр
Гуэдз тонн мелуан 44-рэ
Урысей Федерацэм илъэс кIуам дуней псом бжьыпэр щиубыдащ гуэдзыр хамэ къэралхэм ещэнымкIэ.
2018 гъэм ди къэралым нэгъуэщI хэкухэм иригъэшащ гуэдз тонн мелуан 44-рэ. Илъэс 30-м къриубыдэу апхуэдиз гъавэ зыщэфа къэрал щыIэкъым.
Гуэдз щэнымкIэ мыхуэмыху США-р апхуэдэ бжыгъэм гъунэгъу щыхуэхъуар 1981 гъэрщ – абы щыгъуэм Америкэм гуэдзу тонн мелуан 43-м щIигъу ищауэ щытащ.
УФ-м гуэдзкIэ сату щIынымкIэ зыри япэ иригъэщыркъым илъэс куэд хъуауэ. Къапщтэмэ, 20I6 гъэм США-м нэхърэ тонн мелуан 1,3-кIэ, 2017 гъэм – тонн мелуани 5,8-кIэ, 2018 гъэм – тонн 21,5-кIэ нэхъыбэ нэгъуэщI къэралхэм яхуригъэшащ Урысей Федерацэм.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, Урысейм гуэдз щэнымкIэ и ныкъуэкъуэгъушхуэщ Аргентинэр, США-р, Канадэр.
Километри 193-рэ
зи кIыхьагъыну бжыхь
Урысеймрэ Латвиемрэ я къэрал гъунапкъэр километр 276-рэ мэхъу. 2015 гъэм щегъэжьауэ а гъунапкъэм декIуэкIыу Латвием еухуэ гъущI хъарым къыхэщIыкIа, гъущI банэ зытеухуэна бжыхь. КъимыдэкIэ, ар видеокамерэхэмкIэ, макъ зыгъэIу IэмэпсымэхэмкIэ къызэгъэпэщауэ щытынущ.
Лэжьыгъэм и нэхъыбапIэр зэфIагъэкIауэ къалъытэ. Бжыхьым метри 2,7-рэ и лъагагъынущ, ухуэныгъэр зэраубзыхуам хуэдэу, 2020 гъэм ирихьэлIэу и кIэм нэсмэ, абы километри 193-рэ и кIыхьагъынущ. Псори зэхэту абы еврэ мелуан 21-рэ текIуэдэну къалъытэ.
ЗэрыжаIамкIэ, я гъунапкъэхэр ягъэбыдэну Латвием унафэ щащIауэ щытащ Iэпхъуэшапхъуэхэм зыщахъумэн мурадкIэ. Ауэ, шэч уощI абы и лъабжьэр армырауэ. Политологхэм къызэралъытэмкIэ, ар, япэрауэ, Урысейм къытеплъэ зэрымыхъур Европэ зэгухьэныгъэм хэт къэралхэм ирагъэлъагъунырщ; етIуанэрауэ, я цIыхухэр ди къэралым къыщагъэшынэ хуэдэурэ, къэрал унафэщIхэм я сэбэп зыхэлъ политикэр пхыгъэкIынырщ; ещанэрауэ, а ухуэныгъэр я щхьэусыгъуэу, Евросоюзым мылъкушхуэ къыIэщIэгъэкIынырщ.
Нобэ
Планетарийхэм я дунейпсо махуэщ
Таиландым щыпсэу пылхэм я махуэщ
Къалмыкъ усыгъэм и махуэщ
1733 гъэм Франджы литературэм и классик Аиссе ХьэIишэт дунейм ехыжащ.
1781 гъэм инджылыз астроном Гершель Уильям Уран планетэр зэрыщыIэр къихутащ.
1869 гъэм Менделеев Дмитрий химием и элементхэр я таблицэр зэхэгъэувэн иухащ.
1881 гъэм яукIащ урысей император Александр II.
1917 гъэм «Известия» газетым и япэ номерыр къыдэкIащ.
1938 гъэм урысыбзэр СССР-м и школ псоми Iэмал имыIэу щаджын хуей предмету ягъэуващ.
1944 гъэм советыдзэхэм Херсон къалэр (Украинэ) фашистхэм къыIэщIагъэкIыжащ.
1954 гъэм СССР-м ШынагъуэншагъэмкIэ Къэрал Комитет (КГБ) къыщызэрагъэпэщащ.
1974 гъэм Париж къыщызэIуахащ Франджым и япэ президенту щыта Шарль де Голль и цIэр зыфIаща аэропортыр.
1988 гъэм Японием къыщызэIуахащ Сэйкан тоннелыр – а къэралым и Хонсю, Хоккайдэ хытIыгухэр псы щIагъкIэ зэпызыщIэ гъущI гъуэгур. А зэманым ар дунейм и апхуэдэ ухуэныгъэ нэхъ кIыхь дыдэт – Сангар псыдэжыпIэм щаукъуэдия гъуэгур километр 53,85-рэ хъурт. Абы и проектым илъэсибгъукIэ елэжьащ, илъэс 24-кIэ екIуэкIа ухуэныгъэм цIыху мелуан 14-м нэблагъэ хэтащ, доллар меларди 3,6-ри текIуэдащ.
1989 гъэм «Дунейпсо хъыкIэ» зэджэр – Интернетыр (World Wide Web, WWW) - къагупсысащ. Инджылыз щIэныгъэлI Бернерс-Ли Тимрэ и лэжьэгъухэмрэ я IэдакъэщIэкIыр къыщамыгъэсэбэп щIыпIэ ди зэманым къэгъуэтыгъуейщ.
Совет архитектор цIэрыIуэ, Москва дэт къэрал университетым, Варшавэ щэнхабзэмрэ щIэныгъэмрэ я уардэунэм, нэгъуэщI ухуэныгъэ куэдми я проектхэр зыщIа Руднев Лев къызэралъхурэ илъэси 134-рэ ирокъу.
Совет тхакIуэ, егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа Макаренкэ Антон къызэралъхурэ илъэси 131-рэ ирокъу.
Композитор, УФ-ми КъБР-ми гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Шейблер Трувор къызэралъхурэ илъэси 119-рэ ирокъу.
Циркым аслъэнхэр щызыгъасэу щыта, ди къэралым и цIыхубзхэм ящыщу а Iуэхум япэу тегушхуа, СССР-м и цIыхубэ артисткэ Бугримовэ Иринэ къызэралъхурэ илъэси 109-рэ ирокъу.
Совет усакIуэ, драматург, СССР-мрэ УФ-мрэ я гимнхэм я псалъэхэр зытха, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, Лениным и цIэр зезыхьэ, СССР-м и Къэрал саугъэтхэм я лауреат Михалков Сергей къызэралъхурэ илъэси 106-рэ ирокъу.
Къалмыкъым и цIыхубэ усакIуэ, СССР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Кугультинов Давид къызэралъхурэ илъэс 97-рэ ирокъу.
УФ-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шумахуэ Владимир и ныбжьыр илъэс 80 ирокъу.
УФ-м щIыхь зиIэ и метролог, КъБР-м промышленностымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шурдым Юрий и ныбжьыр илъэс 78-рэ ирокъу.
Урысей актрисэ, УФ-м и цIыхубэ артисткэ Алфёровэ Иринэ и ныбжьыр илъэс 68-рэ ирокъу.
Иллюзионист, УФ-м и цIыхубэ артист Кио Игорь къызэралъхурэ илъэс 75-рэ ирокъу.
Къэрал лэжьакIуэ, социологием и доктор, профессор, ЩIДАА-м, Социальнэ щIэныгъэхэмкIэ академием я академик, АКъУ-м и ректор Хъунэгу Рашид и ныбжьыр илъэс 66-рэ ирокъу.
Совет хоккеист цIэрыIуэ, 1984 гъэм Сараевэ (Югославие) щекIуэкIа XIV ЩIымахуэ Олимп Джэгухэм СССР-м и командэ къыхэхам хэту дыщэ медаль къэзыхьа, дунеймрэ Европэмрэ я чемпион мызэ-мытIэу хъуа Билялетдинов Зинэтула и ныбжьыр илъэс 64-рэ ирокъу.
Медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Iэрэмысэ Ринэ къыщалъхуа махуэщ.
Медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, узыншагъэм теухуа нэтынхэр езыгъэкIуэкI Малышевэ Еленэ и ныбжьыр илъэс 58-рэ ирокъу.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 13 - 15, жэщым градуси 6 - 7 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
ЛIыфIыр бэ дыдэщи, лIыфI дыдэр зырызщ.
Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "306.txt"
} |
Политик ныбжьыщIэхэр
КъБКъУ-м Iуащхьэмахуэ лъапэ щиIэ егъэджэныгъэ-щIэныгъэ IуэхущIапIэм гъатхэпэм и 1 - 3 махуэхэм зэхыхьэ ин щекIуэкIащ. «УнэтIакIуэ» республикэ Iуэхум хэтащ ныбжьыщIэ 80-м щIигъу.
ЗэIущIэр къызэрагъэпэщащ КъБКъУ-м и студентхэмрэ аспирантхэмрэ я профсоюз зэгухьэныгъэм, «УнэтIакIуэхэм я зэгухьэныгъэ» щIыналъэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм, «Росмолодежь» щIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ федеральнэ агентствэм. Iуэхум и къалэн нэхъыщхьэр КъБР-м и къуажэхэмрэ къалэхэмрэ дэс, илъэс 16-м щегъэжьауэ 23-м нэс зи ныбжь щIалэгъуалэр хабзэубзыху, гъэзэщIакIуэ органхэм щекIуэкI лэжьыгъэм хуэгъэсэнырщ.
«НыбжьыщIэм и IэнатIэм лъагапIэхэр щызыIэригъэхьэн папщIэ и лэжьыгъэм и пIалъэкIэ къыдэгуэшэн, Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкI чэнджэщэгъу щахуримыкъу къохъу. Мис апхуэдэ чэнджэщэгъу хъуну аращ унэтIакIуэхэр. Ар IэщIагъэлI Iэзэу, жылагъуэм и зыужьыныгъэм и гуащIэ хилъхьэну хьэзыру щытыпхъэщ, абы щыгъуэми, и лэжьыгъэм пщIэ къызэрыпэмыкIуэнур ищIэу», - жиIащ проектым и унафэщI Таумурзаевэ ФатIимэ.
УнэтIакIуэхэр къыхахащ политик ныбжьыщIэхэм, КъБР-м и Парламентым и ЩIалэгъуалэ палатэм, ЩIалэгъуалэ Правительствэм, КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм, КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм, «ООП КъБР» зэгухьэныгъэм деж щыIэ ЩIалэгъуалэ советым щылажьэхэм, хьэрычэтыщIэхэм, зэпеуэ гъэщIэгъуэнхэм щытекIуахэм.
Iуэхум хэтыну щIалэгъуалэр республикэм и жылэ 38-м щыщхэщ. Абыхэмрэ унэтIакIуэхэмрэ зэшэлIэн къудейр аракъым Iуэхум и купщIэр, атIэ ахэр фIыуэ зэрыгъэцIыхунырщ, ныбжьэгъу зэхуэщIынырщ, Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм зэдытепсэлъыхьыфу зэтеублэнырщ. Апхуэдэ Iэмал ягъуэтын папщIэ ахэр щызэдэлажьэ, щызэпсалъэ зэIущIэ зэмылIэужьыгъуэ куэд къызэрагъэпэщащ.
«УнэтIакIуэхэм я зэгухьэныгъэ» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Къалмыкъ Николай къызэхуэсахэр щигъэгъуэзащ мы Iуэхум дуней псом зэрыщыбгъэдыхьэмрэ сэбэпынагъыу кърикIуэмрэ. КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм и къудамэм и унафэщI Балэ Олег тепсэлъыхьащ зи гугъу ящI институтым республикэм зэрызыщиужьымрэ ди щIыналъэм ар нэхъри щыдгъэкIуэтэн папщIэ щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэ гуэр къызэрыщызэдгъэпэщыпхъэмрэ.
ЗэIущIэм щIалэгъуалэм унэтIакIуэхэр щызэрагъэцIыхуащ икIи зыдэлэжьэнухэр къыхахыну Iэмал яIащ.
Апхуэдэуи илъэси 5 - 10-кIэ мы Iуэхум зэрызебгъэужь хъунур къызэхуэсахэм я пащхьэ кърахьащ. Абыхэм къызэрыхагъэщамкIэ, проектым хэт ныбжьыщIэхэр КъБР-м и Парламентым и депутати, министри, уеблэмэ КъБР-м и Iэтащхьи хъуфынущ.
Къэбарт Мирэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "307.txt"
} |
«Спартак»-р дыщэм зэрыхуэкIуар
1965 гъэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортым и тхыдэм дыщэпскIэ итхащ. А илъэсым СССР-м футболымкIэ и «Б» классым и 4-нэ зонэм щытекIуэри, Налшык и «Спартак»-р «А» классым (иужькIэ япэ лигэ хъужам) кIуащ. КъыкIэлъыкIуэу, бжьыхьэм зэхэта гупхэм щытекIуахэм я зэхьэзэхуэм ди футболистхэм пашэныгъэр щаубыдри, зэи къэмыхъуауэ, Урысей Федерацэм и чемпионыгъэр зыIэрагъэхьащ.
Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и тренер Чихрадзе Дмитрийрэ абы и дэIэпыкъуэгъу Котов Юрэрэ 1965 гъэм ирихьэлIэу гуп лъэщ къызэрагъэпэщат. «Б» классым и 4-нэ зонэм абы ипэ ит илъэсым еплIанэ увыпIэр зэрыщиубыдам ди «Спартак»-м нэхъ къалэнышхуэжхэр зэрыхузэфIэкIынур къыбгуригъаIуэрт. Зи пщIэмрэ зэфIэкIымрэ хуабжьу лъагэ Iэпщэ Александр къахыхьэжа иужькIэ налшыкдэсхэр узыпэщIэмытыфын къару лъэщ хъуащ.
ПэщIэдзэ зэIущIиплIми щытекIуэри, «Спартак»-м занщIэу бжьыпэр иубыдащ икIи зэхьэзэхуэр иухыхукIэ ар иутIыпщакъым. Зэпеуэр зэфIэкIыным иджыри зыкъом иIэжт, налшыкдэсхэм япэ увыпIэр къызэрахьар наIуэ щыхъуам. Абыхэм къызэранэкIат Куржым, Армением, Урысей Федерацэм я командэ 19, Баку, Кировабад, Сухуми, Батуми, Мэхъэчкъалэ, Ставрополь, Новороссийск, Орджоникидзе (иджы Владикавказ) я гуп лъэщхэр яхэту. Налшык и «Спартак»-р ипэкIэ игъэкIуатэрт абы и капитан Iэпщэ Александр.
АрщхьэкIэ зыхэта гупым япэ увыпIэр къыщахьакIэ Iуэхур зэфIэкIатэкъым. Зыхэхуа зонэм щытекIуахэм Iэмал яIэт Урысей Федерацэм щынэхъ лъэщхэр щызэхагъэкIыну зэхьэзэхуэм зыкъыщагъэлъэгъуэну. Зэпеуэр IыхьитIу зэщхьэщыхат. Япэм командэхэр финал ныкъуэ гупиплIу щагуэшащ, дэтхэнэми щырыщ хэту. Ахэр щекIуэкIыну яубзыхуат Калининград, Саратов, Армавир, Налшык.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм ди командэм къищынэмыщIауэ къыщызэхуэсат Сыбырым щынэхъ лъэща Омск и «Иртыш»-мрэ Томск и «Торпедо»-мрэ. Ахэр тIэурытIэ зэдэджэгуу гупым щытекIуар зэхагъэкIын хуейт, иужькIэ кIэух зэпеуэм ар ягъэкIуэн папщIэ.
1965 гъэм щэкIуэгъуэм (ноябрым) и пэщIэдзэм Къэбэрдей-Балъкъэрыр зэрыщыту футболым итхьэкъуауэ къыпщыхъурт. Дэнэ щIыпIи щекIуэкI псалъэмакъхэм я нэхъыбэр зытеухуар Урысей Федерацэм и командэ нэхъ лъэщхэр Налшык зэрыщызэIущIэрт икIи ди «Спартак»-р абыхэм зэрахэтырт. Джэгухэр щекIуэкIыну махуэхэм республикэм футболым щыдихьэххэр хэти хьэлъэзешэ машинэкIэ, хэти автобускIэ, хэти шууэ, хэти лъэсу Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм къекIуалIэрт. «Спартак» стадионым IэпэдэIупIэ имыIэжу цIыхур изт. Абыхэм къахуэгъэсыртэкъым ди щIалэхэр джэгупIэ губгъуэм къыщихьэну дакъикъэхэр.
Япэ дыдэ зэIущIэм «Спартак»-р пэщIэхуащ Омск и «Иртыш»-м ихъуреягъкIэ зыкъызэригъэбыдам. ДэнэкIэ къыщыбгъэдыхьэми, ди щIалэхэм ар къызэраныкIыфыртэкъым. Апхуэдэу щыхъум, стадионым изу ис топджэгум дихьэххэр Iуэхум къыхыхьащ. УвыIэгъуэ имыIэу я макъ къызэрихькIэ абыхэм хэгъэрейхэр трагъэгушхуэрт. Ар пщIэншэ хъуакъым. Джэгур иухыным дакъикъипщI фIэкIа имыIэжу Сыбырым къикIахэм я зыхъумэжыныгъэр налшыкдэсхэм кIуэцIратхъащ икIи 1:0-у ахэр хагъэщIащ. Ар япэ текIуэныгъэт икIи псом нэхърэ нэхъ гугъуат. АдэкIэ щыIар бжыгъэшхуэ защIэщ – Томск и «Торпедо»-м тIэунейрэ 3:0, 5:0-у ефIэкIри, «Иртыш»-ми етIуанэу 3:0-у къыфIихьыжащ. Стадионым исхэм абыхэм кърата дэрэжэгъуэмрэ гуфIэгъуэмрэ къыпхуэмыIуэтэнт. АрщхьэкIэ иджыри къапэщылъыр куэдкIэ нэхъыфIыжт.
Арати, зэIущIиплIми щытекIуэри, Налшык и «Спартак»-м зыхэта гупым япэ увыпIэр щиубыдащ. АдэкIэ кIэух зэпеуэм хэтыну абы Iэмал игъуэтащ. Ар Налшык щыIэну щытраухуам, зэрыреспубликэу хуабжьу щыгуфIыкIащ. КъызэгъэпэщакIуэхэм къызэрымыкIуэу ягу ирихьат финал ныкъуэ зэхьэзэхуэхэр ди деж зэрыщекIуэкIа щIыкIэр, цIыхухэр изу стадионым къызэрекIуалIэр.
Зэпеуэм и мыхьэнэр зэрыдэуеяр къалъытэри, топджэгум дихьэххэр нэхъыбэжу къекIуалIэу хуежьащ. ЗэIущIэм щIидзэным иджыри сыхьэт зыбжанэ иIэжу ахэр «Спартак» стадионым из хъурти, темыпыIэжу зыдэщIхэм пэплъэрт. ЦIыху мин тIощIым щIигъу къызэхуэсыныр а махуэхэм мардэт.
ДжэгупIэ губгъуэм къихьэ футболистхэм гурэ псэкIэ зыхащIэрт жэуаплыныгъэшхуэ я пщэ къызэрыдэхуэр. Iэпщэ Александр ахэр тригъэгушхуэурэ «Фымыгузавэ!» яжриIэ хабзэт. Абы и псалъэр къызыгурыIуэр гупым къыдыхэт и лъэпкъэгъухэу ТыIэщ Хьэсэнбийрэ Щэрмэт Валерэрэ я закъуэтэкъым. Ар зэхащIыкIырт куржы Гогибедашвили Заур (иужькIэ Хьэмгъуокъухэ я малъхъэ хъуам), осетин Джиоев Владимир, украинхэу Николаенкэ Владимиррэ Дьяченкэ Юрэрэ, урысхэу Алдышев Анатолий, Давыдов Игорь, Литвинов Борис, Красиков Геннадий, Кривошеев Анатолий, Ильин Валерэ, Ивановский Юрэ, Малютин Владимир, Шаповалов Анатолий, Першин Валерий сыми. Ахэращ япэ дыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр футболымкIэ зыIэтар икIи Урысейм и дыщэ медалхэр къытхуэзыхьар.
Я зы хьэрхуэрэгъуи ди щIалэхэм къапэхъуфынутэкъым! Абы щыхьэт техъуащ Урысей Федерацэм и чемпионатым и кIэух зэIущIэхэр. ЯпэщIыкIэ Саратов и «Сокол»-м, къыкIэлъыкIуэу Уфа и «Строитель»-м топ щырыщ жэуапыншэу худагъэкIащ. Аркъудейм «А» классым (иужькIэ япэ лигэ хъужам) щыджэгуну Налшык и «Спартак»-м хуитыныгъэ къритырт. АрщхьэкIэ дыщэм щыщIэбэныну иужь дыдэ зэIущIэр налшыкдэсхэм къапэщылът. Ахэр иджыри къэс псоми ефIэкIа Къэзан и «Рубин» командэ лъэщым дэджэгун хуейт. ТекIуэр Урысей Федерацэм и чемпионт.
Я хьэрхуэрэгъу тIурытI хагъэщIарэ бжьыпэр зэдагуэшу Налшык и «Спартак»-мрэ Къэзан и «Рубин»-мрэ кIэух зэIущIэм ирихьэлIащ. Топ дагъэкIахэмрэ къыхудагъэкIахэмрэ зэрызэхущытым Iэмал къитырт зэпэщIэтыныгъэр зэрытемыгъэкIуауэ иухми налшыкдэсхэм япэ увыпIэр яубыдыну. АрщхьэкIэ абы егупсысыр мащIэ дыдэт. Стадионым изу къекIуэлIа цIыху мин тIощIым щIигъур зыщIэхъуэпсыр зыдэщI «Спартак»-м и текIуэныгъэрат. Ар кIэух телъыджэ хуэхъунут дэрэжэгъуэ куэд къезыта 1965 гъэм екIуэкIа зэхьэзэхуэхэм.
Ди щIалэхэр зэрыщыгугъауэ къыщIэкIащ. А пщыхьэщхьэм 3:1-уэ Къэзан и «Рубин»-р хигъащIэри, Налшык и «Спартак»-р, зэи къэмыхъуауэ, Урысей Федерацэм и чемпион хъуащ.
Стадионым къекIуэлIа цIыху мин тIощIым щIигъум я гуфIэгъуэр пхуэмыIуэтэжынт. Зытеса газетхэр, мафIэ пагъэнауэ, абыхэм ягъэдалъэрт. 1965 гъэм щэкIуэгъуэм (ноябрым) и 20-м и пщыхьэщхьэм «Спартак» стадионыр щIыб мафIэшхуэм зэщIищтауэ къыпщыхъурт. Топджэгум дихьэххэм апхуэдэу ягъэлъапIэрт ди щIалэхэм япэу къытхуахьа текIуэныгъэ иныр. Езы футболистхэми, зы къару къахуэмынэжу ешами, насыпыфIэу Урысей Федерацэм и чемпион лентIхэр, дыщэ медалхэр, спортымкIэ мастер къызэрыфIащам щыхьэт техъуэ удостоверенэхэр гуфIэжу къыIахырт. Абыхэм яхэтт илъэс етIуанэ хъуауэ апхуэдэ дэрэжэгъуэр къызэхъулIэ Iэпщэ Александр. Нэгъабэ ар Совет Союзым и чемпион хъуат, иджы Урысей Федерацэм и дыщэр зыIэригъэхьат. Iэпщэм текIуэныгъэрэ насыпрэ къызыхуихьар Тбилиси и «Динамо»-м и закъуэкъым, атIэ хуэугъурлащ зыгъэса Налшык и «Спартак»-ми.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм щрагъэкIуэкIа финал ныкъуэмрэ кIэух зэIущIэхэмрэ хыхьэ джэгугъуиблми, адрейхэм куэдкIэ зэрефIэкIыр нэрылъагъуу, ди щIалэхэр щытекIуащ. Налшык и «Спартак»-м и лъэщагъыр наIуэ къыпщищIырт абыхэм япкъ иткIэ и хьэрхуэрэгъухэм топ 21-рэ зэрыхудигъэкIамрэ зы топ закъуэ фIэкIа къызэрыхудамыгъэкIыфамрэ.
Ди командэм щыджэгухэмрэ абы дэщIхэмрэ апхуэдизу быдэу щызэрыубыда, щызэрыIыгъа, ди гугъэмкIэ, афIэкIа зэи щыIакъым. Пэжщ, щыIащ 1970 гъэр - Налшык и «Спартак»-р етIуанэу Урысей Федерацэм и чемпион щыхъуар. Зэи гум имыхунщ 2005 гъэм и бжьыхьэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэр япэ дыдэу къэралым и гуп нэхъыщхьэм щыхыхьамрэ ар абы илъэсихрэ ныкъуэкIэ зэрыхэтамрэ. Абы щыгъуэми япэ текIуэныгъэ иныр къыщахьа 1965 гъэр зыми хуумыгъэдэфынщ. Ар зэи пщыгъупщэнукъым икIи къыкIэлъыкIуа ехъулIэныгъэхэм я лъабжьэ быдэщ.
1. Налшык и «Спартак» стадионым исхэм чемпионыгъэр ягъэлъапIэ. 1965 гъэ
2. Чемпионхэр. 1965 гъэ
3. КIэух зэIущIэм ди щIалэхэр хуэхьэзырщ. 1965 гъэ
4. Iэпщэ Александррэ и ныбжьэгъухэмрэ «СССР-м спортым и мастер» дамыгъэмрэ чемпион лентIхэмрэ къыщратым. 1965 гъэ
ЖЫЛАСЭ Заурбэч.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "308.txt"
} |
ЦIыху Iэпкълъэпкъым щыщхэр
Щхьэм и Iыхьэхэр
Щхьэ - голова.
Щхьэ къупщхьэ - (мыр къупщхьэ щхьэхуэ зэгуэгъу 32-уэ егуэшыж, шэрыпI псэущхьэ псоми я зэхуэдэу, 33-рэ зиIэр кхъуэ закъуэращ - и пэ бетакъым и лъабжьэр къыхохьэри) - череп.
Щхьэц - волос головы.
Щхьэц лъэдакъэ - корень волоса.
Щхьэцыпэ - кончик волоса.
Щхьэ гупэ (сабийхэм - щхьэхэпцIапцIэ) - темя (у детей - родничок).
ЩхьэпхэтIыгу - затылок.
Щхьэбгъу - бок головы.
Щхьэщыгу - макушка.
НатIэ - лоб.
Набдзэ - бровь.
Набдзэ къупщхьэ - надбровная дуга.
Нэ - глаз.
НэджэдыкIэ (нэр зэрызэрыIыгъыу) - глазное яблоко (глаз в целом).
Нэбжьыц - ресница.
Нэжьгъуц - волосы на висках.
Нэзэрыхъэ - висок.
НэщIащэ - глазница.
НапщIэ - надбровье.
НапIэ - веко.
Нэжьгъ - средняя часть лица.
Нэхужьыбэ - белок глаза.
Нэку - зеница.
Нэкугъуэ - зрачок.
Нэ гъунэ - радужная оболочка.
Нэджыдж - хрусталик.
НэджащIэ - глазное дно.
Лыбод - бельмо глаза.
Нэгу - общий вид лица.
НэкIу, нэкIущхьэ - щека.
НэкIу къупщхьэ - скула.
НэкIутIэ - полное лицо.
Пэ - нос.
Пэбг (пэшыкъу) - переносица.
Пэгъуанэ (пэбзий) - ноздри.
Пэкукъу - носовая перегородка.
Пэц - волосы внутри ноздрей.
Пэ кIуэцI - носовая полость.
Пэхъу - большие ноздри.
ПэцIурэ - остроносый.
Пэфыкъ - приплюснутый нос.
Пэсыринэ - гнусавый нос.
ПэтIинэ - курносый нос.
ПэлъащIэ - пэмрэ Iупэмрэ я зэхуакурщ - между носом и верхней губой.
ПащIэ - усы.
Жьэм и пкъыгъуэхэр
Жьафэ - нижняя губа.
Жьэ - рот.
Жьэ кIуэцI - ротовая полость.
Жьэ къупщхьэ - челюсть.
Жьэгъу - нижняя часть подбородка.
Жьэгъул - второй подбородок.
ЖьэлъэтIанэ - защечная пазуха.
Жьэпкъыпэ - подбородок.
ЖьэIу ищхьэ - верхнее нёбо.
ЖьэIу лъащIэ - нижнее нёбо.
Iупэ - губа.
Дзэ - зуб.
Дзэл - десна.
Бзэгу - язык.
Бзэгулъэдакъэ - корень языка.
Бзэгупэ - кончик языка.
Бзэгу къупщхьэхэр (3 мэхъу) - косточки языка (их 3).
БзэгукIэрыщIэ (ищIагъымкIэ) - связка языка (внизу).
ФIыншэ - язычок, закрывающий глотку при глотании.
Тэмакъ - горло.
ТэмакъыщIэхэр (2 мэхъу) - гланды (их 2).
Къурмакъей - глотка.
НыбэлынцIым и къежьапIэр - начало пищевода.
Пкъынэпсхэр - голосовые связки.
Iупс - слюна.
Пщэм и пкъыгъуэхэр
Пщэ - шея.
Пщахуэ - шейная связка.
Пщафэ - кожа шеи.
ПщэIупщIэ (псэущхьэ псоми яIэр 7-щ) - шейный позвонок (их 7 у всех животных).
Пщэ лъынтхуэ - сонные артерии.
Пщэгурыгъ - первые шейные позвонки.
Пщэдакъэ - нижние шейные позвонки.
Пщэдыкъ - задняя сторона шеи.
Пщэдыкъ кумб - затылочная ямка.
Пщэдыкъыц - волосы затылка.
Пщэкукъу - ебланэ пщэIупщIэр япэ бгъэIупщIэм щыпыувэращ - сочленение седьмого шейного позвонка с первым грудным.
Пщэл - шейная мышца.
ПщэIупщIэ - шейный позвонок.
Пщэныху - начало спинного мозга, шейный отдел.
Пщэхуэшхуэ - широкая шейная связка.
Пщэц - волосинки шеи.
Къыркъ - верхняя часть глотки.
Псэфылъэ - глотка.
Дамэ - плечо.
Дамэпкъ - пщэ IупщIэхэр иухыу бгъэ IупщIэм здыпыувэрщ - сочленение седьмого шейного позвонка с первым грудным.
Пкъы - корпус, торс.
ПлIэ, плIэIу - спина.
Iэм епха пкъыгъуэхэр
Iэ - рука.
Iэбэлагъ (Iэтхьэмпэ) - кисть руки.
Iэбжьанэ - ноготь пальца руки.
Iэблэ - рука от плеча до кисти.
Iэгу - ладонь.
Iэбгъу - боковая часть кисти руки, ребро.
IэщIыб - тыльная сторона кисти руки.
Iэгуфэ - кожа ладони.
IэщIыфэ - кожа тыльной стороны кисти руки.
Iэдакъэ - часть ладони у запястья.
Iэпэ (Iэпхъуамбэ) - палец руки.
Iэпэ-лъапэ - кончики пальцев.
Iэпкъынэ - суставы пальцев рук.
Iэпхъуамбэшхуэ - большой палец руки.
Iэпхъуамбапщэ - указательный палец руки.
Iэпхъуамбэ курыт - средний палец руки.
Iэпхъуамбэ цIэимыIуэ - безымянный палец руки.
IэпхъуамбэжьакIэ - мизинец руки.
Iэпщэ - запястье.
Iэблэ зэрытыпIэ - плечевой сустав.
Iэблэ къупщхьэ - плечевая кость.
IэфракIэ - локоть.
IэфракIэ зэрытыпIэ - локтевой сустав.
IэфракIэ къупщхьэхэр (тIу мэхъу) - локтевые кости (их две).
Iэндэгъупэ - IэфракIэ къэгъэшыпIэ гъурыр - наружный изгиб локтевого сустава.
IэкIэн - фаланга пальца.
Блэдзыгъуэ - Iэблэм хэлъ лыпцIэ - двуглавая мышца плеча.
Бгъэм ехьэлIа Iыхьэхэр
Бгъэ - грудь.
Бгъэгу - передняя часть груди.
Бгъэч - грудная клетка.
БгъэIукIанэ - хрящ в грудинке.
БгъэIукумб - бгъэчым и щIагъкIэ иIэ кумб цIыкIурщ - ямочка ниже грудинки.
Бгъэ IупщIэ - (12 мэхъу) - грудные позвонки (их 12).
Бгъэ къупщхьэ - переднее соединение рёбер - грудинка.
БлэгущIэ - дамэ зэрытыпIэм и щIагъырщ.
Блэгъу - лопатка.
Быдз - женские груди.
Быдзыщхьэ - сосок груди.
Бынжэ - пупок.
Дзажэ - бок.
Дзажэ дакъэ - грудинка.
Дзажэналъэ (зэгуэгъу 12 мэхъу) - ребро (их 12 пар).
Бгъэджанэ - внутренняя плевральная оболочка груди.
НыбэлынцI - пищевод.
Къурмакъей - къыртI - глотка.
ЩIыб - спина.
Тхьэмбылыр зэригуэшыжыр
Тхьэмбыл (жьэн) - лёгкие.
Тхьэмбылыкъу - трахея.
Тхьэмбыл джанэ - лёгочная сумка (плевра).
Тхьэмбыл пакIэхэр - дольки лёгких.
Тхьэмбыл къуэпс - ответвления трахеи.
Тхьэмбыл шырыб - альвеола.
Тхьэмбыл лъынтхуэхэр - кровеносные сосуды лёгких.
Гум ехьэлIа Iыхьэхэр
Гу - сердце.
Гуджанэ - околосердечная сумка.
Гущхьэ - предсердие.
Лъынтхуэшхуэ - аорта.
Лъынтхуэхэр - кровеносные сосуды.
ГутхьэкIумэхэр - клапаны.
Гуныбэ ижьыр - правый желудочек.
Гуныбэ сэмэгур - левый желудочек.
Гу лыпцIэ - сердечная мышца.
Гум и псантхуэ зэпыщIэхэр - нервные узлы сердца.
ГуфIэIу - мыр бгъэмрэ ныбэмрэ яку дэлъщ, зэхимыгъэхьэу, абы кIуэцIрыкIыр ныбэлынцI закъуэмрэ лъынтхуэхэмрэщ - диафрагма, расположена между грудной клеткой и животом, не давая соприкасаться их органам, через неё проходят только пищевод и кровеносные сосуды.
Ныбэм илъ пкъыгъуэхэр
Ныбэ - живот, брюшная полость.
КIапцIэ (цIыхум ейращ кIапцIэр, псэущхьэхэм яйр - лъатэщ) - желудок.
КIапцIэм къыкIэлъокIуэ IэпапIэ 12 кIэтIий цIыкIур - двенадцатипёрстная кишка.
Хьэбзэгупэ - поджелудочная железа.
КIэтIий псыгъуэ - тонкий отдел кишечника.
КIэтIий гъум - толстый отдел кишечника.
КIэтIийнэф - слепая кишка.
НэпщIэхапщIэ - брызжейка, на ней подвешены органы брюшины.
ТхьэмщIыгъу (ижьымкIэ) - печень (справа).
Зэз - желчный пузырь (на печени).
Чэ - (сэмэгурабгъумкIэ) - селезёнка (слева).
Жьэжьей - тхым и бгъуитIым жьэжьейхэр кIэрылъщ бынжэм хуэзанщIэу - почки.
Шхужьым хиубыдэхэр
Шхужь (тхыбзиймрэ шхужь къупщхьэхэмрэ къагъэщI, кIэмыщтыкъри яхэту) - таз (образуют тазовые кости, подвздошные и крестец с копчиком).
Шырыб - мочевой пузырь.
Куэтэн - прямая кишка.
Лъхуадэхэр (бзылъхугъэхэм) - яичники (у женщин).
Лъхуалъэр (бзылъхугъэхэм) - матка (у женщин).
УкIытапIэм пыщIа пкъыгъуэхэр (цIыхухъухэм) - придатки половых органов (у мужчин).
Пхэ - зад.
ПхэщI - ягодица.
Щахэ - пах.
УкIытапIэ - срамное место, половые органы.
Куэбзэпс - ныбэ щIагъымрэ куэхэмрэ я зэпытыпIэ екIуэкIхэрщ - места соединения таза с бёдрами.
Тхыныху - широкая связка спины.
Лъакъуэм и Iыхьэхэр
Лъакъуэ, лъэ - нога.
Шхужьымрэ куэмрэ я зэрытыпIэ - тазобедренный сустав.
Куэ - бедро.
Куэ къупщхьэ - бедренная кость.
Лъэгуажьэ зэрытыпIэ - коленный сустав.
Лъэгуажьэтес, асмыж - коленная чашечка, надколенник.
Лъэгуажьэпэ - передняя часть колена.
Лъэгуажьэ щIагъ - задняя часть коленного сустава.
Лъэдий - голень.
Лъэдий къупщхьэхэр (тIу мэхъу) - кости голени (их две).
Лъэдий лыпцIэ (лъэнкIапIэнэгэгъу) - икроножная мышца.
ЛъэнкIапIэ - икра.
ЛъэнкIапIащхьэ - верхняя часть икр, ближе к колену.
Лъапщэ - нижняя часть голени.
Лъащхьэ зэрытыпIэ - голеностопный сустав.
Лъэщхьэвэ - подъём ноги.
ЛъэкIэн - лодыжка - щиколотка, фаланга пальца ноги
Лъапэ - передняя часть ступни, носок.
Лъэгу - стопа.
Лъэбгъу - наружный край ступни.
Лъэгудыгъуэ - подъем с внутренней стороны ступни.
Лъэгудыгъуэншэ, мыщэ лъэгу - плоскостопие.
ЛъэкIуэцI - внутренний край ступни.
Лъэпкъынэ - кисть стопы.
Лъэпкъынэ зэрытыпIэхэр - суставы стопы.
Лъэдакъэ - пятка.
Лъэдакъэ къупщхьэ - пяточная кость.
Лъэдакъэхуэ - ахиллово сухожилие.
Лъэпхъуамбэ - палец ноги.
Лъэпхъуамбэшхуэ - большой палец ноги.
Лъэпхъуамбапщэ - второй палец ноги.
Лъэпхъуамбэ курыт - третий (средний) палец ноги.
Лъэпхъуамбапэ - второй палец от мизинца.
ЛъэпхъуамбэжьакIэ - мизинец ноги.
Лъэбжьанэ - ногти.
Лъэгудыгъуэ - выемка подошвы ноги с внутренней стороны.
Зыгъэхьэзырар ШЭРДЖЭС Алийщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "309.txt"
} |
Инал Нэху
XV лIэщIыгъуэм Адыгэ (Шэрджэс) феодальнэ къэралыгъуэ къызэзыгъэпэща, адыгэ пщы къудамэхэм я къежьапIэу щыта тепщэ Iущщ.
Инал Нэху адыгэхэмрэ абазэхэмрэ зэгуигъэхьэри, зы унафэм щIэт къэрал къызэригъэпэщауэ щытащ. Абы къищта унафэщIэхэм япкъ иткIэщ Шэрджэс хэкум ефIэкIуэн зэрыщIидзар.
Пщы Инал «Нэху» цIэ лейр къыдокIуэкI, абы къытехъукIахэм «ИналыкъуэкIэ» йоджэ. Пщым Алыхьым и нэфI къыщыхуауэ къалъытэрт, IуэхущIэ щыщIадзэкIэ и цIэр къраIуэмэ, къехъулIэнуи гугъэхэрт.
Пщы Инал лъабжьэ зыхуэхъуа пщы лIакъуэ зыбжанэ щацIыху Урысейм: Бэчмырзэхэ, Бекович-Черкасскэхэ, ХьэтIохъущокъуэхэ, Мысостхэ, Къетыкъуэхэ, къинэмыщIхэр.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "31.txt"
} |
МЭРЕМ ПШЫХЬ
Инджылыз псалъэжьхэр
Рим зы махуэм яухуакъым
♦Хьэ щэхумрэ псы хуэмымрэ защыхъумэ.
♦ПсынщIэу зэбгъащIэр псынщIэу пщогъупщэж.
♦Акъылыншэр сытым дежи япэ йоувэ.
♦Акъыл зэрылъ щхьэ зыфIэмытым нэ жан зэрищIын щыIэкъым.
♦ЯпэщIыкIэ къэлэжьи, итIанэ щIэхъуэпс.
♦Бжэр е хуэщIауэ, е Iухауэ щытын хуейщ.
♦Шэху уэздыгъэр лъэныкъуитIымкIи щыщIагъанэркъым.
♦ХьитIыр къупщхьэм щхьэкIэ зэрыукIыху, ещанэм ар къищтэри щIэпхъуэжащ.
♦Рим зы махуэм яухуакъым.
♦ЩэныфIагъэр ехъулIэныгъэм и анэщ.
♦Къагъэсэбэпурэ лажьэмэ нэхъыфIщ, щылъурэ улъий нэхърэ.
♦Хьэкъущыкъу нэщIращ макъ ин зыщIыр.
♦ЖыхапхъэщIэр къабзэу мэпхъанкIэ.
♦Насып къэбгъуэтыну тыншщ, гугъур ар пхъумэнырщ.
♦Уи IэкIэ пщIэ Iуэхур псынщIэу зэфIокI.
ГъэщIэгъуэнщ
Ахъшэм и уасэр егъэунэху
Дортмунд щыпсэу, илъэс 54-рэ зи ныбжь бзылъхугъэм и мылъкур 1996 гъэм накъыгъэм и 1-м зыхуэфащэу къилъытэхэм яхуигуэшри, унэм къыщIэкIащ фэилъхьэгъуэ зыбжанэрэ сурэт зытIурэ зыдэлъ шумэданыр иIыгъыу.
ЕгъэджакIуэу, психотерапевту лэжьа Швермер Хайдемари ахъшэм и уасэр зригъащIэу Европэр къызэхекIухь. Мылъкуи уни зимыIэ бзылъхугъэр къалэхэм, къэралхэм къыщызэтоувэ, тхылъхэр итхыу, лекцэхэм къеджэу, и дуней тетыкIэм яхутепсэлъыхьу. Псэун папщIэ зыхуейхэм хузэфIэкI лэжьыгъэкIэ пщIэ щIиту аращ Хайдемари. Щыпсэун пIалъэкIэ къезытым унагъуэм илъ IуэхумкIэ доIэпыкъу, и шхыным щхьэкIэ тыкуэнышхуэхэм сабэ щелъэщI, и щхьэц хущIэзыщэхэм я хьэр жьы къабзэм къыщрешэкI… Европэ университетхэм е жылагъуэ зэгухьэныгъэ гуэрхэм и псэукIэм теухуа лекцэ къеджэну щрагъэблагъэм и деж гъуэгум и билетхэр зыщIыгъу егъэблагъэ тхылъхэр къыхуагъэхь.
Мазэ къэс пенсэу еврэ 800 къехь Хайдемари, ауэ ахэр езым нэхърэ абы нэхъ хуэныкъуэ и цIыхугъэхэмрэ имыцIыхуххэхэмрэ яхуегуэш. И япэ тхылъым къыпэкIуа гонорарри тхьэмыщкIэхэм яритауэ щытащ. ЗэрымыщIэкIэ зыгуэр къэхъу хъужыкъуэрэ хуей хъумэ, еврэ 200 игъэтIылъауэ и шумэданым дэлъщ, ауэ Хайдемари зэрыжиIэмкIэ, абы зэи еIусакъым, хуей хъуакъым.
Абы и дуней тетыкIэм тетхыхьыну хуэзауэ щыта журналист Лахат Итай жиIэжащ бзылъхугъэм и теплъэкIэ унэншэуи ахъшэншэуи хуумыгъэфэщэну. Ар цIыхубз зэщIэкъуащ, узыншэщ, зыкIэлъоплъыж, гуфIэр и нэгум кърех. Ар зыми щышынэркъым, зыми игъэпIейтейркъым. И жьыщхьэр щигъэкIуэнур дэнэми журналистыр щыщIэупщIэм, бзылъхугъэм жиIащ фIыуэ къэзылъагъу, и дуней тетыкIэм пщIэ хуэзыщI бынитI зэриIэр. И бынхэм зрашэлIэжмэ, унагъуэ IуэхукIэ ядэIэпыкъуу псэунущ.
Апхуэдэ псэукIэм и мыхьэнэр сыт? Хайдемари жиIащ сыт щыгъуи зы Iуэхугъуэм игъэпIейтейуэ зэрыщытар: иджырей дунейм ахъшэм щиубыда увыпIэмрэ хъугъуэфIыгъуэ псори абыкIэ къызэралъытэмрэ… Сыт цIыхум и пщIэмрэ езы гъащIэмрэ уасэ щIыхуагъэувыр? Бзылъхугъэм фIыуэ къыгуроIуэ ахъшэм мыхьэнэри, абы зэфIигъэкIхэри, ауэ…
Хайдемари щыхьэт тохъуэ ахъшэншэу пIалъэкIэ псэу цIыхум и гупсысэкIэм зэрызихъуэжым, мылъкур нэрыгъ зыхуэхъуахэмрэ итхьэкъуахэмрэ а уз бзаджэм пэIэщIэ зэрищIым.
Шыпш Даянэ.
Ар пэжщ
Дуней псом къыщацIыху «емыджэфхэр»
Зэчий зыбгъэдэлъ, творчествэ куу зиIэ цIыху цIэрыIуэхэм я гъащIэмрэ лэжьыгъэмрэ къэзыхутэхэм жаIэ ахэр школакIуэ, студент «хуэмыхухэм» ящыщу зэрыщытар. Къапщтэмэ:
Ньютон Исаак и классэгъухэм ящыщу нэхъ мыхьэнэншэу еджэхэм хабжэрт. ИужькIэ и классым щIэс щIалэ цIыкIум езауэри, къиубэрэжьати, щIэныгъэкIэ япэ итыну мураду зыхуигъэувыжри, мазэ бжыгъэ нэхъ дэмыкIыу псом нэхърэ нэхъыфIу еджэ хъуащ.
Германие пащтыхьыгъуэм и канцлер Отто фон Бисмарк щIагъуэу еджэу щытакъым, лэжьыгъэми апхуэдэ дыдэут зэрыхущытыр.
Наполеон фIыуэ еджакъым, ауэ есэпым хъарзынэу хищIыкIырт.
Бетховен Людвиг щыуагъэ хэту фIэкIа тхэфыртэкъым, зэхэлъхьэн-зэхэхынхэри фIыуэ къехъулIэртэкъым. АбыкIэ Дюма Александр-адэм ещхьт.
Нобель саугъэтым и лауреат Эйнштейн Альберт ику иту еджэрт. И адэ-анэм жаIэу щытащ абы щIэныгъэ куу зэрызримыгъэгъуэтыфынур, къызэрыгуэкI IэнатIэ гуэрым пэрыгъэувэн зэрыхуейр.
Маяковский Владимир еджэныр апхуэдизкIэ къыфIэIуэхуртэкъыми, уеблэмэ «Анна Каренина» и кIэм нэсу зэремыджамкIэ зыкъиумысыжырт.
Пушкин Александр лицейм щыщIэсым еджэным щIагъуэу хэзагъэу щытакъым, уеблэмэ, есэпымкIэ дерсхэр илъагъу хъуртэкъым.
Чехов Антон курыт школым щыщIэсым тIэу кърагъэнэжауэ щытащ.
Япэ ракетэхэр, спутникхэр къэзыгупсыса, «Восток», «Восход» космическэ кхъухьхэр къэзыгъэщIа Королёв Сергей «3» защIэкIэ еджауэ аращ.
Хабзэм щыщ
Унэишэ
Мыр адыгэ хьэгъуэлIыгъуэм и пкъыгъуэ нэхъыщхьэ, нэхъ дахэ дыдэхэм ящыщ зыщ. КърихьэлIэхэр хьэгъуэлIыгъуэр зейм я Iыхьлыхэмрэ я благъэхэмрэщ, а унагъуэм и ныбжьэгъуфIхэрщ, я кIуэгъужэгъухэрщ.
НысащIэр тешэм, тешэрыпIэм щыIамэ, унэишэр абы къыщрашыжым и деж занщIэу ящIырт. Ауэ ар зыщIыпIи ирамыхьэлIамэ, щауэм и адэ-анэм я унэм занщIэу къашамэ, унэишэр щекIуэкIыр, зэрыхабзэти, зы тхьэмахуэ е тхьэмахуитI хуэдиз нэхъ дэмыкIыут. А зэманым къриубыдэу унагъуэм, Iыхьлыхэм хьэгъуэлIыгъуэм зыхуагъэхьэзырырт: зыхуей, зыхуэфI, фадэ, пIастэ. А зэманым нысащIэри Iуэхуншэу щыстэкъым. Гъунэгъухэм, хьэблэм дэсхэм ягъэунэхурт, мастэрэ Iуданэрэ ищIэрэ, Iэпэщабэ, гулъытэ хэлъ? Ауэ мыбы щыгъуэ апхуэдэ гулъытэхэр ягъэнэIуащэртэкъым, Iуэхум къыдэкIуэу, Iуданэрэ мастэрэ зэфIрагъащIэ хуэдэурэ, сабий гуэрым и щIыIур ирырагъэдэжыну нысащIэм и деж щIагъэхьэу арат.
НысащIэр яхуапэ, бын узыншэ зыпIа фыз угъурлитIым абы и Iэблэхэр яубыдри, щхьэтепхъуэ телъу, щIалэгъуалэм уэредадэ жаIэу ар и лэгъунэм къыщIашри, фызхэр зыщIэс унэм яшэ. Япэм Iэмал зимыIэ хабзэт нысащIэм фоч щхьэпрыгъэукIыныр, зыщIашэ унэм и уэнжакъыр нэщанэ уапIэ ящIыныр - бзаджэнаджэр ягъащтэрт.
Пшынэ еуэу, Iэгуауэм щIэту, уэредадэ жаIэу нысащIэр зы унэм (и пэшым) къыщIаша нэужь пщIантIэм и деж щызэтрагъэувыIэрти, абы джэгу мащIэ хузэхаублэрт, итIанэ уэредадэм щIадзэжырти, адрей унэм (пэшым) яшэрт. Абы щIашэн и пэкIэ къепхъыхыу дэ, IэфIыкIэ, ахъшэ жьгъей, хугу кърапхъыхырти, ар сабийхэм къащыпырт. Унэ ирашэри, абы и Iэблэр зыIыгъхэри бжэщхьэIум теувэ хъунутэкъым, абы лъакъуэ ижькIэ ебэкъуэн хуейт.
БжэщхьэIум ебэкъуа нысащIэр ныш яукIам и фэ цIынэм Iэмал имыIэу теувэрт. Фэр зэрагъэтIылъ хабзэр цыр къыдэгъэзеяуэщ: фэм цыуэ тетым хуэдиз насып нысащIэм мы унэ зыщIыхьэм щIигъуэтэн хуэдэу. АдэкIэ нысащIэр хьэблэ, благъэ фызхэр зыщIэсым щIашэ. НысащIэм и щхьэтепхъуэр фызхэм ящыщ гуэрым еIэтри, мыдрейхэр зырызыххэу бгъэдыхьэурэ абы йоплъ, йохъуэхъу, IэплIэ ирашэкI. Ауэ езы нысащIэм зигъэхъейркъым, IэплIэ къыхуэзыщIхэм я Iэхэри иубыдыркъым. Абыхэм я Iэр иубыдмэ, щхьэзыфIэфI, тэмакъкIэщI хъуну, унагъуэр и унафэ щIигъэувэным хущIэкъуну жаIэрт.
Пасэм щыгъуэ мыбы щIэс бзылъхугъэхэм унэ ирашэ нысащIэм и гуащэр хэту щытакъым. Ахэр щызэтехьэри, щызэпсалъэри мыбы щыгъуэтэкъым. Абы щхьэкIэ гуащэм щхьэхуэу техьэпщIи псэлъапщIи ищIын хуейт, унэишэ цIыкIум ирихьэлIэу. Ауэ иджы мыдрей фызхэми ещхьу, гуащэри и нысэм бгъэдохьэри IэплIэ ирешэкI. Апхуэдэм деж гуащэр бгырыпх гуэркIэ нысэм ирапх. Ахэр зэкIэратIэтыкIыжын щхьэкIэ, гуащэм и малъхъэ, и къуэ, ипхъу, и нысэ нэхъыжь хуэдэхэм къащэхужын хуейщ. Ахъшэр гуащэм и жып иралъхьэ. Хабзэ зэрыхъуащи, абы иужькIэ гъэфIэжу Iэнэ щхьэхуэ къиухуэн хуейщ.
Фызхэм нысащIэм фIэхъус-сэламыр ирахын зэфIэкIа нэужь (языныкъуэ жылэхэм япэ ирагъэщ), IурыцIэлъыр ящIырт. Мыбы щыгъуи нысащIэ цIыкIур хуэсакъын хуейт форэ-тхъурэ зэхэлъым зэремыбзеиным. Абы ебзей нысащIэм хуагугъэрт ар нэплъыс-нэIусу, ныбаблэу, ныбэхуэфIу щытыну. IурыцIэлъ зэрылъ шейщIэтыр фызым бжэщхьэIум и деж къыщежьэ щIалэгъуалэм къаритырти, абы щхьэкIэ зэныкъуэкъуу, зэIэпщакIуэу ирахьэжьэрт, илъыр яшхамэ, хьэкъущыкъур традзэрти якъутэжырт.
А псор екIуэкIыхукIэ, щIалэгъуалэм щIыбым джэгушхуэ щащIырт, щауэм и шыпхъу унэ ихьахэр, а лъэпкъым япхъу къэкIуэжауэ хьэгъуэлIыгъуэм хэтхэр къагъафэрэ пхъужьыбжьэ къыIахыу. А бжьэр яхуапэуи щытащ, цIыхухъухэм къагъэсэбэпын хьэпшып цIыкIуфэкIухэр кIэращIэу.
А щIыкIэм тету IурыцIэлъри, пхъужьыбжьэ къыхэхынри зэфIэкIамэ, нысащIэр аргуэру уэредадэр жаIэу, пшынэ еуэу, Iэгур трагъэщащэу и лэгъунэм яшэжырт.
МафIэдз Сэрэбий.
Гупсысэр - псалъэкIэ
Щэху
Гум ущотIыгъуэ. Макъамэ гуапэм ещхьщ уэ птеухуа гупсысэр. А макъамэр зэхэсхыху, дунейр нэхъ дахэ хъууэ къысщохъу. Дауи ирехъуи, удзыр бдогъагъэ, псынэпсыр уогъэуэршэр, уафэ лъащIэм сыбогъаплъэ. Апхуэдиз дахагъэ къызэрыщыр уи нэгу зэлъыIухарщ. Хьэуэ, уэ езым уи нэгу дыдэм апхуэдэу хуиту сиплъэфын насыпри тIэкIу спэжыжьэIуэщ. Зи гугъу сщIыр уи сурэтырщ. Аращ гукъэкIыжым сыхэзышэжыр.
ГукъэкIыж… ГурыщIэм зыкъыхиукъуэдият си гъащIэм. Си Iуэху лъэпкъ хэмылъу ар си гум уэ пхухиха гурыщIэт. Къысщыхьапэри, си гупсысэр зэрыхуейуэ уэ птриухуат. Гур нысфIэкIуасэрти, куэд дыди зыхимыщIыкI уи гъащIэм зыхигъэфIыхьырт. Ирикъуртэкъым зыгъэфIэнкIи. Пщэдджыжь хьэуа къабзэкIэ ирикъу зэрыщымыIэм хуэдэт. Си Iэр ныпхуэсшиямэ, си Iэпэр бубыду уи лъахэм сипшэну къысщыхъурт. Iэджэуи дахэу къыщIэкIынщ а лъахэр… дыгъэпсыр удз гъэгъахэм яхуэгуапэу, псынэпсыр зэнзэныпсу къабзэрэ-къабзэу, уафэр бзыгъэу, бзум я уэрэдым а псор нэхъри гуакIуэ щIэхъукIыу. Си фIэщ хъуркъым уи лъахэм уафэр щыгъуагъуэуи уэшх къыщешхыуи. Псэ къабзэм и лъахэм ахэр щыхабзэкъым. Абы сипшамэ, сигу пэщыху уи нитIым сыщIэплъэнт, си гур уи Iэгум нислъхьэнт, си гъащIэр уэстынт. Уэри абы ущыгуфIыкIыну хъунт. Ауэ… А гур уэ тыгъэ пхуэсщIын щхьэкIэ, зыгуэрым къытесхын хуей хъунут. СыткIэ ухуейт уэ зыгуэрым и насып зыгъэлъэпэрэпа, и гъащIэр зэхэзыуIухьа гу?! Ар си щIыбагъкIэ къыщынэ гъащIэ Iыхьэт. СиутIыпщыртэкъым, зы лъэбакъуэ закъуэкIи сынигъэкIуатэртэкъым. МащIэуи сыхузэгуэпырт уи деж сынэзышэну гъуэгур зэрыIуищIэм щхьэкIэ. Ауэ, ари сэрат зи гъащIэр, сэ езым сухуэжат. Налъэ-налъэу, ткIуэпс-ткIуэпсу, сыхуэсакъыу, сегугъуу. Иджы дэнэ схьыжынт?! КъэзгъэIэса, зэзгъэса гъащIэр хыфIэздзэу дакъикъэм схуэгъэщэщэжынутэкъым.
ГъащIитIыр зэдекIуэкIыфынутэкъым, апхуэдиз нурыгъэм нэр щигъэункIыфIыкIынут. Абы насыпыншагъэ къыхэкIынри зыхуэIуа щыIэтэкъым…
КъыскIэлъыхъуапсэу си щIыбагъ къыдэзна гъащIэм згъэзэжри, мыдрейм си гур къыхэзнащ. ТIури Iыхьэншэ хъуакъым. Ауэ, гур зейм дэнэ щищIэн абы тыгъэ хуащIауэ… Апхуэдэ мылъку иIэу и пщIыхьэпIи къыхэхуэу къыщIэкIынукъым. Ауэ щыхъукIи, гур насыпыфIэщ. ИIэщ зыми зэхимыха, нэбгъузкIи зыIумыплъа щэху. Лъагъуныгъэ щэху.
Гугъуэт Заремэ.
ЦIыху цIэрыIуэхэр
Франджы гъуазджэм и вагъуэ
Тхыдэм хэтауэ къыщIэкIынкъым зи творчествэм апхуэдизрэ тепсэлъыхьа сурэтыщI. Пикассо Пабло теухуауэ зэи зыри псэлъакъым шыIэныгъэ хэлъу: хэти абы и цIэр уэгум нэс еIэт, хэти хужимыIэ къигъанэркъым. Бзэ зэхуэмыдэхэмкIэ къыдэкIащ Пикассо теухуа тхылъ куэд. Абы тетхыхьащ Аполлинеррэ Элюаррэ, Маяковскэмрэ Арагонрэ, нэгъуэщIхэри.
Дуней псом тет къалэ зэмылIэужьыгъуэхэм - Парижрэ Прагэрэ, Токиорэ Римрэ, Нью-Йоркрэ Стокгольмрэ, Мехикэрэ Цюрихрэ, Сан-Паулурэ Амстердамрэ, Москварэ Берлинрэ - щекIуэкIа абы и гъэлъэгъуэныгъэхэр къэхъукъащIэ телъыджэ гуэрым хуагъадэрт. Пабло и лэжьыгъэм дихьэхыр сурэтыщIхэм я закъуэтэкъым, атIэ абы и IэдакъэщIэкIхэм щытепсэлъыхьырт уэрамхэм, клубхэм, шхапIэхэм, метрохэм.
Франджым щыIэ Гримальди Уардэунэр Пикассо и музей ящIащ. КъищынэмыщIауэ, къэрал псоми я къалащхьэхэм дэт музейхэм пэш хэха щаIэщ сурэтыщIым и IэдакъэщIэкIхэм.
Пикассо и творчествэр, абы и гъуазджэр куэдым къагурымыIуэу жаIэ. Ауэ щыхъукIи, абы и цIэр цIыху мелуан бжыгъэм ящIэ. Ныбжьэгъу куэд иIэщ Пикассо, ауэ мынэхъ мащIэу жагъуэгъуи иIэщ. Абы ипкъ иткIэ, зи гугъу тщIы сурэтыщIым цIыхухэр зэрыхущытыр тIууэ зэщхьэщокI.
Пикассо Пабло Испанием и Ипщэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ Малаг къалэм 1881 гъэм къыщалъхуащ. Абы и адэ Руис Хуани сурэтыщIт, уеблэмэ сурэт щIынымкIэ егъэджакIуэт. ЩIалэ цIыкIур и адэм дэIэпыкъуурэ дихьэхащ гъащIэм IэщIагъэ нэхъыщхьэ щыхуэхъуа Iуэхум. Хуан щыхущIэмыхьэхэм деж къыщIидза лэжьыгъэр и кIэм нигъэсыну Пабло къыхуигъанэрт. ЩIалэми ар фIэхьэлэмэту нитхысыжырт. ИужькIэ езы Пабло сурэт ищIу хуежьащ. Абы и IэдакъэщIэкIхэм «Руис-Пикассо» жиIэу кIэщIитхэрт, иужькIэ и анэ Пикассо Марие и унэцIэр къищтащ.
Пабло и сабиигъуэр щигъэкIуар Коруньерэ Барселонэрэщ, абы художествэмкIэ школым щеджащ. ИужькIэ художествэмкIэ училищэ нэхъыщхьэ Мадрид щыщIэтIысхьащ. Абдеж щегъэжьауэ абы мурадышхуэхэр зыхуигъэувыжырт. Париж зыбжанэрэ кIуащ, живописым зэрызригъэужьыну Iэмалхэм егупсысу щIидзащ, художественнэ журнал къыдигъэкIыу хуежьащ.
В 1904 гъэм Париж Iэпхъуэну мурад ещI, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, а къалэр абы Европэм и художественнэ центру къелъытэ. «Париж сыщыщхьэхуиту къысщыхъурт», - жиIэжырт абы. А лъэхъэнэм ар ныбжьэгъу хуэхъуащ тхакIуэ цIэрыIуэу щыта Аполлинер, Жакобо Макс, сурэтыщI Брак Матисс сымэ, Франджым щыпсэунуи къэнащ.
Дуней псом ягу дыхьа абы и япэ лэжьыгъэхэр XX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм итхауэ аращ. Иджы ахэр - «Арлекин» е «Портрет поэта» - классикэм щыщ Iыхьэ хъуауэ ялъытэ.
Пикассо и гъуазджэр зэманым игъэунэхуну хунэсащ. Хэт иджыпсту Бёклин и IэдакъэщIэкIхэм дахьэхыжыр? Футурист Маринетти зыцIыхужыр хэт? Дадаистхэм я усэ еджэжыр хэт сымэ? Ауэ щыхъукIи, 1909 - 1959 гъэхэм Пикассо и цIэр жамыIэу екIуэкIакъым.
Языныкъуэхэр иризодауэ - Пабло испан сурэтыщI хьэмэрэ франджы? Ди деж, Урысей Федерацэм, абы и унэцIэр франджыбзэкIэ щыжаIэ - иужьрей пычыгъуэм ударенэр техуэу, адрейхэм «Пикассо» жаIэ. Дауи, Пикассо испану щытащ икIи щытщ. Абы и хэкур фIыщэу илъагъурт, къищынэмыщIауэ, и теплъэкIи, и хьэлкIи, и дуней тетыкIэкIи испанхэм ещхьыркъабзэщ. Абы зыми шэч къытрихьэркъым. Ауэ цIыхухэм зэдэуэн щыщIадзэр абы гъуазджэм щиубыд увыпIэм деж нэса нэужьщ. Иныкъуэхэм къалъытэ абы и живописым испан Iуэху лъэпкъ хэмыту, и IэдакъэщIэкIхэр Италиемрэ Франджымрэ епхауэ. Езыр испан дыдэщ, ауэ и творчествэр нэхъыбэу зэпхар франджы гъуазджэрщ. Дауэ мыхъуми, Париж и художественнэ гъащIэм хэмытамэ, ар Пикассо хъурэт?!
КъэщIэрэщIэжыгъуэ лъэхъэнэм псэуа IэщIагъэлIхэми хуэдэу, Пабло куэдым дихьэхырт икIи зрипщытырт. Ар живописецщ икIи скульпторщ. Пабло тхылъ куэдым сурэт яхуитхащ, балет куэдым декорацэхэр яхуищIащ.
Дохъушокъуэ Синэ.
НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар НэщIэпыджэ Замирэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "310.txt"
} |
Дапщэщ Iуащхьэмахуэ къыщыушынур?
Европэ псор зэрыпагэ Iуащхьэмахуэр Iуащхьэ къудейуэ къэтлъытэу дыкъокIуэкI ижь-ижьыж лъандэрэ. ЩIэныгъэм зиужьщ, къэхутэныгъэхэр нэхъыбэ хъури, Iуащхьэмахуэ зэрывулканыр къэтщIащ. Нобэр къыздэсым щIэныгъэлIхэм жаIэрт ар вулканыжьу, мышынагъуэу, «жеижауэ». Ауэ Iуэхур дызэригугъэм щыщыIэкъым.
Урысей институтхэмрэ лабораторэхэмрэ щрагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, Iуащхьэмахуэ «жейркъым» икIи жьыкъым, атIэ, дызэримыгугъауэ, къыщиудыну хьэзыр вулканщ. Уеблэмэ илъэс мини 2-м нэблагъэкIэ зызыущэхуауэ щыта Iуащхьэмахуэ щIэныгъэлIхэм закъригъэщIэн щIидзащ икIи Урысейм и вулкан нэхъ шынагъуэ дыдэхэм ящыщ зыуэ ар къалъытэ.
Iуащхьэмахуэ мызэ-мытIэу къиуащ, лавэ къэплъар зэм ипщэкIэ, зэм ищхъэрэкIэ, зэм къухьэпIэмкIэ щежэхыу. И зи чэзу къэуэгъуэм и ужькIэ илъэс мин 50-кIэ «жеижырт». Ауэрэ Iуащхьэмахуэ и къиугъуэхэм илъэс мин 1,5 - 3 я зэхуаку хъуащ. Вулканым и лъапэм деж къыщагъуэту яджа лавэ жахэм ятепщIыхьмэ, илъэс мини 6, мини 3, 1,8-кIэ узэIэбэкIыжмэ хуэзащ и иужьрей къэуэгъуэхэр. Абы ятепщIыхьмэ, Iуащхьэмахуэ и зи чэзу къэуэгъуэр къэблэгъауэ жыпIэмэ ущыуэнукъым, уеблэмэ мы лIэщIыгъуэм уежьэ хъунущ.
Абы теухуауэ щIэныгъэлIхэм жаIэр зэтехуэркъым. Языныкъуэхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, вулканыр къиуным лIэщIыгъуэ зыбжанэ иIэщ иджыри, нэгъуэщIхэм зэрыжаIэмкIэ – абы куэдрэ дызыпигъэплъэнукъым.
Вулканым и иужьрей къикIыгъуэм къигъэлъэгъуащ и къарур здынэсыр. Абы къридза мывэкIэщхъыр Индыл псым и сэмэгурабгъу Iуфэм деж сантиметр 70-кIэ щызэтелъу щытащ! КIэщIу жыпIэмэ, Iуащхьэмахуэ километр 700-кIэ пэжыжьэ щIыпIэхэм нэсат. Абы нэхърэ нэхъ шынагъуэжыр - Iуащхьэмахуэ къэплъын щIидзэмэ, мыл телъыр къэвыжу къызэрежэхынуращ, Iэгъуэблагъэр трилъэсыкIыу.
Зэвгъэпщэн папщIэ… Илъэсищ ипэкIэ Terra америкэ спутникым хьэршымкIэ ЩIым сурэт къыщыщытрихым къиубыдат Антарктидэм щыIэ Белиндэ вулканым и къикIыгъуэр. Абы и лъагагъыр метр 1370-рэщ. «Дэ тлъэгъуащ вулканым телъ мылыр къызэгуитхъыу лавэр къызэрежэхар. Ар метри 100 зи бгъуагъ псым хуэдэу къехырт Iуащхьэми, и лъапэм деж щызэкIэщIэжыжырт, зытелъадэ мылыр къигъэкъуалъэу», - жаIэжащ иужькIэ абы кIэлъыплъа щIэныгъэлIхэм. Лавэм и нэхъыбапIэр тенджызым хэлъэдащ, мыдрейр хытIыгум и Iуфэхэм щыжащ, вулканыр зытет щIым къыхигъахъуэу. Белиндэм нэхърэ 4-кIэ нэхъ ин Iуащхьэмахуэ къауэмэ, кърикIуэнур уи нэгу къыщIэбгъэхьэну гугъукъым.
Iуащхьэмахуэ геологием, геохимием, минералогием, петрографием, вулканологием, сейсмологием, геофизикэм пыщIа щIэныгъэ IуэхущIапIэ куэд къыкIэлъоплъ. Апхуэдэщ Урысейпсо ЩIэныгъэ Академием Петропавловск-Камчатскэм щиIэ КъуэкIыпIэ жыжьэ къудамэмрэ Геофизическэ IуэхущIапIэмрэ. Абыхэм ядж Iуащхьэмахуэ и зэпкърылъыкIэр, и мывэхэр къызыхэщIыкIар, и пщтырагъыр, абы и лъабжьэр зэрызекIуэр, зэрехъейр, къыщыIу макъхэр. ЩIэныгъэлIхэм яхузэфIокI, щIыр къамытIэщIми, щIы лъабжьэм къыщыхъухэр зрагъэщIэну. Арами, Iуащхьэмахуэ къыщыуэнур мыращ жаIэу, пыухыкIауэ жэуап къуатыфынукъым. ЖаIэр зыщ – вулканыр къэуэфынущ илъэс 50 дэкIми, илъэс ныкъуэ дэкIми, ауэ и къикIыгъуэр къызэрыблэгъар хьэкъщ.
Фырэ Анфисэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "311.txt"
} |
Дэнэ щIыдагъэр къыздикIар?
ЩIыдагъэр димыIэу ди нэгу къытхущIэгъэхьэркъым. Абы гъэсыныпхъэм къыщыщIэдзауэ хущхъуэхэм щиухыжу куэд къыхещIыкI цIыхум. АтIэ, дэнэ ижь-ижьыж лъандэрэ цIыхум щIым къыщIиш гъэсыныпхъэ нэхъыщхьэр къыздикIар, абы куэдрэ дрикъуну?
ЩIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, илъэс мелуан бжыгъэкIэ узэIэбэкIыжмэ, псэуа псэущхьэхэмрэ къэкIыгъэхэмрэ щIым щыхэкIуэдэжым щIыдагъэ хъужауэ аращ. А зэманым ЩIым гъущапIэу иIэр мащIэти, псэущхьэм я нэхъыбэр псым хэст. Ахэр лIа нэужь, псы лъабжьэм ирихьэхырти, пшахъуэм, ятIэм щIихъумэрт. Апхуэдэурэ зэтрихьэ «гъэтIылъыгъэр» Iув хъуху, щIым нэхъ куууэ хыхьэрт, щIэфыхьыжырти, дагъэ къыпкърыкIырт. Абы къикIыркъым щIыдагъэр куэду зэуэ къэунэхуауэ. Дагъэ ткIуэпсхэр псым нэхърэ зэрынэхъ хьэлъэм къыхэкIыу щIэтIысыкIырти, ятIэмрэ пшахъуэмрэ кIуэцIрыкIыурэ куууэ ехырт, мывэ быдэ хуэзэу абы къызэтригъэувыIэху. ЗыкIуэцIрымыкIыф щIыпIэхэм деж гуэлышхуэ щыхъурт щIыдагъэр.
Къыхэгъэщыпхъэщ щIым щIэлъ дагъэр и зэхэлъыкIэкIэ, и фIагъкIэ, и плъыфэкIэ зэрызэхуэмыдэр, ар къыщахута щIыналъэм куэд зэрелъытар. Ари гурыIуэгъуэщ – щIыпIэ зэхуэмыдэхэм щыпсэуа псэущхьэхэмрэ пасэрей зэман жыжьэм абыхэм къыщыкIыу щыта къэкIыгъэхэмрэ зэхуэдэтэкъым.
ЩIым дагъэу щIэлъыр тонн мелард бжыгъэ ирокъу. ЦIыхум тыншу къыхущIэхыну щIыдагъэр куэд щIауэ къегъэсэбэп. Километри 2-4-кIэ уеIэбыхмэ нэхъыбэжщ, ауэ ар къыдэпшеиным фейдэ пылъкъым, апхуэдизкIэ мылъкушхуэ текIуэдэнущи. Аращи, щIыдагъэр нэгъуэщI гъэсыныпхъэкIэ зэрахъуэкIын я гугъэу, хэкIыпIэ къалъыхъуэ.
ЩIыдагъэр къызэрыщIашам хуэдэу зэи къагъэсэбэпыркъым, ар ягъэкъабзэ, щIаху. «Дыщэ фIыцIэр» щыщIахукIэ къагъэкъуалъэ, пкъыгъуэ нэхъ псынщIэхэр дагъэм къыпкърыкIыным зэман нэхъ мащIэщ ихьыр, нэхъ хьэлъэр, зэрыгурыIуэгъуэщи, яужь дыдэ къонэ. Апхуэдэу, щIыдагъэм къыхокI газыр, бензиныр (машинэхэмрэ кхъухьлъатэхэмрэ ирагъахъуэр), реактивнэ гъэсыныпхъэр, фэтыджэныр, дизельнэ гъэсыныпхъэр (соляркэ), мазутIыр. Ипэ итхэр гъэсыныпхъэу къагъэсэбэп, ауэ мазутIым шэху (парафин), битум, дагъэ зэхуэмыдэхэр къыхахыж. Псалъэм папщIэ, битумым гъуэгум тралъхьэ асфальт къыхащIыкI, мывэкIэщхъ хьэжа халъхьэри. КъищынэмыщIауэ, мазутIым къыхахыж дагъэхэм щыщ къагъэсэбэп нэкIум щахуэ крем зэхуэмыдэхэр щагъэхьэзыркIэ. А псори къыхаха нэужь къэнэж «кIэрыхубжьэрыхум» зэреджэр гудронщ. Ауэ ари хыфIадзэркъым, атIэ гъуэгу щытралъхьэкIэ къагъэсэбэп. КIэщIу жыпIэмэ, щIыдагъэм зыри лей къыхэкIыркъым.
Къыхэгъэщыпхъэщ щIыдагъэр зэрызэпкърылъ углеводородхэм пкъыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр халъхьэурэ хьэфэ, щэкI, пластмасс, хьэкъущыкъу зэратхьэщI, лэч, щIыгъэпшэр, гын, щхъухь, къинэмыщIхэр къызэрыхащIыкIыр.
ЩIыуэпсым дагъэр къызэригъэщIымрэ цIыхум и зыужьыкIэм и псынщIагъымрэ зэрызэхуэмыдэр къэплъытэмэ, щIыдагъэр куэду щIым щIэлъми, куэдрэ дрикъунукъым. Языныкъуэ щIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, абы илъэс 30-кIэ дрикъуну аращ.
ЩIыдагъэр лабораторэми къыщыпхуэгъэщIынущ, ар иджыри блэкIа лIэщIыгъуэм къахутащ. Ауэ абыи мылъкушхуэ текIуэдэнущи, фейдэ лъэпкъ хэлъкъым.
ТАМБИЙ Гуащэмахуэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "312.txt"
} |
Япэ Iыхьэр зэфIокI
«Iуэху щызэфIах Урысей» зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм къызэригъэпэщауэ, Налшык щыIэ ЩIалэгъуалэ бизнес-школым тхьэмахуэ зыбжанэ хъуауэ щокIуэкI ди щIыналъэм щылажьэ университетхэм я студентхэм папщIэ егъэджэныгъэ щхьэхуэхэр. Мы махуэхэм зэфIокI абыхэм я япэ Iыхьэр. Школым къыщызэрагъэпэща семинархэмрэ тренингхэмрэ ятеухуауэ щытащ хьэрычэтыщIэ Iуэхухэр зэрыбублэнум.
ЩIалэгъуалэ бизнес-школым лэжьэн зэрыщIидзэрэ илъэс II мэхъу. А проектым ипкъ иткIэ щIэныгъэ зэзыгъэгъуэтхэм нэхъыбэу яхэтыр КъБКъУ-м, КъБКъМУ-м, Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтым щеджэ щIалэгъуалэращ. А бизнес-школым къыщащтэ щыIэщ курыт школхэм я класс нэхъыжьхэм щIэс еджакIуэ зэчиифIэхэри. Мыгъэрей егъэджэныгъэхэр мазае мазэм яублащ. Ахэр тхьэмахуэ бжыгъэкIэ щекIуэкIащ КъБКъУ-м. Проектыр къызыхуэтыншэу зэфIэхынымкIэ дэIэпыкъуэгъу хъуащ «Къэбэрдей-Балъкъэрым зиужьынымкIэ корпорацэ» акционер зэгухьэныгъэри. Абы и IэщIагъэлIхэр бизнес-школым екIуалIэхэм ядэIэпыкъуащ бизнес проект зэмылIэужьыгъуэхэр гъэхьэзырынымкIэ.
Проектым и куратор, «Iуэху щызэфIах Урысей» зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и унафэщIым и къуэдзэ Гузеевэ Индирэ зэрыжиIэмкIэ, хабзэ хъуауэ, егъэджэныгъэм хыхьэр бизнес зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэ нэхъ жыджэрхэращ. Ахэр зыщыщыр ди республикэм и закъуэкъым, атIэ Урысей Федерацэм и нэгъуэщI щIыналъэхэми къокI.
- ЩIалэгъуалэ бизнес-школыр хьэрычэтыщIэ Iуэхум ухуезыгъаджэ социальнэ проект нэхъыфIхэм халъытащ, - жеIэ Гузеевэм. – Абы къыхэкIыу дэ ди мурадщ а Iуэхум адэкIи пытщэну. Егъэджэныгъэхэм зедгъэубгъунурэ, абы къыхэтшэнущ щIалэгъуалэм я мызакъуэу, нэгъуэщI цIыхухэри. Къапщтэмэ, унэгуащэу щытыныр хьэрычэтыщIэ IуэхукIэ зэзыхъуэкIыну мурад зыщI бзылъхугъэхэр а Iуэхум хуедгъэджэнущ.
Проектым къызэщIиубыдэ егъэджэныгъэхэр Iыхьэ зыбжанэу зэщхьэщыхащ. Абы екIуалIэхэм япэщIыкIэ ядж хьэрычэт Iуэху къызэбгъэпэщыным епха теориер. А еджэныгъэхэр тхьэмахуэ махуэхэм йокIуэкI, студентхэр лъэпощхьэпоуншэу кърихьэлIэфын папщIэ. А Iыхьэм къриубыдащ «Къэбэрдей-Балъкъэрым зиужьынымкIэ корпорацэ» акционер зэгухьэныгъэм проект управленэмрэ мониторингымкIэ и къудамэм и пашэ Теунэ Маринэ къызэджа лекцэхэр. Абы студентхэр щыгъуазэ хуищIащ хьэрычэтыщIэ Iуэхум и лъабжьэхэм, менеджментымрэ маркетингымрэ, рекламэмрэ жылагъуэм пыщIэныгъэ зэрахуиIапхъэмрэ я мардэхэм.
ЛэжьапIэ IэнатIэ нэхъ тыншу къызэрыбгъуэтыным, уней Iуэху зэрыбублэным, «лэжьакIуэ – унафэщI» зэхущытыкIэр тэмэму зэрыбубзыхуным епхат «Iуэху щызэфIах Урысей» зэекгухьэныгъэм хэт, бизнес-тренер, бизнес-школым и чэнджэщакIуэ Шкиревэ Жаннэ и проектыр. «РЕСО-Гарантия» акционер зэгухьэныгъэм и тренер ДыщэкI Алим иригъэкIуэкIа дерсхэм студентхэр зыщыхуагъэсащ езыхэм яхуэдэ хьэрычэтыщIэхэм зэрадэлэжьэну щIыкIэхэм, дзыхь зыхуэщIыпхъэхэмрэ сакъыу зыхущытыпхъэмрэ зэрызэхагъэкIынухэм, гупу зэдэлэжьэным иIэ мыхьэнэри зыгурагъаIуэу.
Егъэджэныгъэхэм я етIуанэ Iыхьэм къриубыдэу студентхэр хуэзэнущ хьэрычэтыщIэ зыбжанэм, апхуэдэуи зэлэжьыну проектхэр ябзыхунущ, бизнес-планхэр ягъэхьэзырынурэ къэпщытакIуэхэм я пащхьэм ахэр щыпхагъэкIыжынущ.
Бизнес-школыр къэзыуххэм, шэч хэмылъу, къахэкIынущ ди республикэм и хьэрычэтыщIэ лъэщ хъунухэр.
КЪАРДЭН Маритэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "313.txt"
} |
Убых лIыхъужьхэр
Гёнен къалэм (Тырку Республикэ) дыщыщыIа махуэм Гюролрэ Гъазмирэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд къыжраIащ убых зэш цIэрыIуэхэм я кхъэлъахэу Маньяс вилайетым хыхьэ Хъундж жылэ цIыкIум дэтыр дагъэлъагъуныр зэрафIэигъуэр.
Мухьэмэд адыгэм и тхыдэм химыщIыкIрэ сыт хуэдэ къэрали щыцIэрыIуэ и лъэпкъэгъухэм ящыщу зи цIэр имыщIэрэ щыIэу къыщIэкIынкъым. Убых лъэпкъым къыхэкIа Бэрзэджхэ Дэгумыкъуэрэ Джырандыкъуэрэ (дэфтэрхэм къызэрыхэщыжымкIэ, Дэгумыкъуэ и къуэшым и къуэщ Джырандыкъуэ) Кавказ зауэжьым щыгъуэ убыхыщIыр зэрахъумар, псэемыблэжу я лъэпкъым къызэрыщхьэщыжар, лIыгъэ яхэлъу зэрыпхъуакIуэхэм зэрапэщIэтар къытхуиIуэтэжащ гъуэгу дытетыху.
Хъундж жылэм дынэсащ зы сыхьэтым щIигъу зэман зыхьа гъуэгуанэр къызэднэкIа нэужь. Убых жылэу щытам мащIэщ дэсыжыр. ГъущI Гюрол и шыпхъур абы щыпсэурти, жылэм щекIуэкI гъащIэм фIыуэ хищIыкIырт, и лъэпкъэгъу зэкъуэшитIым я кхъэлъахэр ибгынэртэкъым.
Бэрзэджхэ я кхъэлъахэр кхъэ дыхьэпIэм пэжыжьэкъым, абы сын зыбжанэ тетщ, ауэ ипэ ит мрамор зэпэплIимитIым Дэгумыкъуэрэ Джырандыкъуэрэ я цIэхэр тетхащ, тхыгъэ кIэщI щIыгъужу:
«Хьэжы Бэрзэдж Дэгумыкъуэ (1780 - 1846 гъ гъ.)
КавказыщIыр къэзэунымкIэ Урыс пащтыхьыгъуэм иригъэкIуэкIа политикэм убыххэр щигъэкIуэтыгъуафIэтэкъым - 1829 - 1848 гъэхэм бгырысхэм я лъахэр псэемыблэжу яхъумащ.
Мемориал сыныр хуагъэуващ убых лъэпкъым и лIыхъужь пашэм.
И фэеплъыр нэху Тхьэм ищI».
«Хьэжы Бэрзэдж Джырандыкъуэ (1802 - 1880 гъгъ.)
Кавказ зауэм и лъэхъэнэм убыххэм я лъэпкъ-щхьэхуитыныгъэ зэщIэхъееныгъэр и унафэ щIэту щытащ. 1846 - 1864 гъэхэм - убыххэм я иужьрей лIыхъужь пашэщ, Плевнэ (1878 гъэ, Болгарие) деж щекIуэкIа зауэм уэсмэныдзэм и унафэщI хахуэу хэтащ.
Мемориал сыныр убых лIыхъужьымрэ абы и щхьэгъусэ Едыдж Айшэрэ (1899 гъэм дунейм ехыжащ) я кхъащхьэм тетщ».
Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, Дэгумыкъуэ щыпсэуащ Сочэ псым и ижьырабгъу лъэныкъуэмкIэ, хым сыхьэтитI хуэдиз гъуэгуанэкIэ пэжыжьэ щIыпIэм. 1823 гъэм щегъэжьауэ убыххэм я дзэзешэу щытащ, аращ зи фIыщIэр хы ФIыцIэ Iуфэм Iута урыс быдапIищыр 1840 гъэм убыххэмрэ шапсыгъхэмрэ зэрызэтракъутэфар, абы иужькIи Лазаревское, Вельяминовское, Михайловское быдапIэхэри къащтауэ щытащ убыххэм.
Инджылыз зыплъыхьакIуэ Бёлл Джеймс гу лъитауэ щытащ Дэгумыкъуэ и дзэм хэт цIыхухъухэр Iэщэ-фащэкIэ зэрызэщIэузэдам, «Бэрзэдж дэтхэнэми зэуапIэ губгъуэм зауэлIи 150-м нэблагъэ иришэфынущ. А лъэпкъым и закъуэ зауэлI мини 3 къигъэувыфынущ», - итхащ Бёлл. Бэрзэджхэ ящыщщ Саад-Джэрий Адагвэ-ипэ, XIX лIэщIыгъуэм екIуэкIа зэхэуэхэм убых дзэзешэу яIар. Ар 1823 гъэм лIа нэужь, дуней псом цIэрыIуэ щыхъуа Бэрзэдж Дэгумыкъуэщ лъэпкъ тхьэмадэ, убых дзэзешэ хъуар. Бёлл зэритхыжымкIэ, ар «нэ щхъуафэ лыдхэр зиIэ цIыху лъагэт. И Iулыджыр къыхуэзыхьыр цIэрыIуэ хъуа и унагъуэцIэм и закъуэтэкъым, Хьэжы зэрыхъуаратэкъым, атIэ зэрыхахуэрт, зэрыжыджэрырт, зэрыакъылыфIэрт».
ЗыплъыхьакIуэм къызэриIуэтэжымкIэ, Дэгумыкъуэ муслъымэн хабзэхэр зыгъэзащIэ цIыхут, фадэ ефэртэкъым, езыр къэгубжьыгъуафIэт, шынэ зымыщIэт. И щIалэгъуэм къыщыщIэдзауэ зекIуэ куэдрэ ежьащ. 1827 гъэм щегъэжьауэ лъэпкъ цIыкIу къэс щхьэхуэ-щхьэхуэу дзэ мащIэ иIэжу зэрыщытым и бийуэ къэуващ, икIи дзэ зэгухьэныгъэ ин къызэгъэпэщыным иужь ихьэри, ТIуапсырэ Гагрэрэ я зэхуаку дэс псори зылI и быну, дзэ лъэрызехьэу зэкъуигъэуващ, езыри дзэзешэ щхьэмыгъазэ хъуащ. Мис абы щыгъуэщ Бёлл Джеймс Бэрзэдж Дэгумыкъуэ «Шэрджэс Вашингтон» щыфIищар.
Абы нэхърэ мынэхъ тIасхъэу зауэ Iуэхухэм къыпищащ, дзэзешэ цIэрыIуи хъуащ Дэгумыкъуэ и къуэшым и къуэ Бэрзэдж Джырандыкъуи. Джырандыкъуэ 1880 гъэм дунейм ехыжа нэужь, Хъундж жылэм щыщIалъхьащ.
Лъэпкъым и къуэ пэжыр, хэкум и къыщхьэщыжакIуэр ящыгъупщэркъым цIыхубэм. Тхыдэм къыхэщу куэдрэ дызрихьэлIэ убых зэкъуэшхэм я кхъэлъахэр иджы къыздэсым егугъуу Тыркум зэрыщызэрахьэр цIыхугъэм, адыгагъэм щыщ Iуэхущ.
НэщIэпыджэ Замирэ, Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журналист.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "314.txt"
} |
Дунейм щыхъыбархэр
ЗыгъэпIейтей Iуэху гуэрхэр щыIэмэ
УФ-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ и министерствэм арэзы щытехъуакъым адэ-анэхэм гу зылъатэ ныкъусаныгъэхэр къыщагъэлъагъуэ, егъэджакIуэхэмрэ школым щыеIуящIэхэмрэ щхьэкIэ щытхьэусыхэ хъуну интернет-хэщIапIэ къызэгъэпэщыным теухуауэ цIыхухэм къыхалъхьа жэрдэмым.
Апхуэдэ хуитыныгъэ иратмэ, щытыкIэр зи нэIэм щIэтын хуей IуэхущIапIэхэр, школхэм я администрацэхэр, хабзэхъумэхэр хэмыту адэ-анэхэм я Iуэху еплъыкIэ къудейм тещIыхьауэ щытынкIэ хъунущ курыт еджапIэхэм къыщекIуэкIхэр. ИкIи щхьэж зэрыфIэнэхъ захуэм, езыхэм нэхъ тэмэму къызэралъытэм хуэдэу щытыкIэр зэрахьэкIыныр, зыгуэр ягъэкъуэншэныр зыхуэIуа щыIэкъым.
КIэлъыплъакIуэ органхэм я къалэнхэр адэ-анэхэм ягъэзэщIэныр мытэмэму икIи апхуэдэ къэбгъэхъу мыхъуну къыщалъытащ министерствэм. Абыхэм къыхагъэщащ, гуныкъуэгъуэ яIэмэ, зыгъэпIейтей Iуэху гуэрхэр щыIэмэ, адэ-анэхэм, щIыналъэ унафэщIхэм я мызакъуэу, езы министерствэми занщIэу зыхуагъазэ зэрыхъунур.
ЦIыху 39-рэ щIохъуэпс президент къулыкъум
Дызэрыщыгъуазэщи, мы гъэм гъатхэпэм и 31-м Украинэм щекIуэкIынущ зи чэзу президент хэхыныгъэхэр. Я Конституцэм зэрыщыубзыхуам ипкъ иткIэ, апхуэдэ унафэ къищтащ къэралым и Радэ Нэхъыщхьэм.
ИлъэситхукIэ лэжьэну хуиту къэрал унафэщIыр хахри, а пIалъэр щиухым деж цIыхухэм дзыхь зрагъэзыр къагъэнэIуэн щхьэкIэ къыкIэлъыкIуэ IэIэтыр йокIуэкI. Абы гъэщIэгъуэну зыри хэлъкъым. ГъэщIэгъуэныр а къулыкъум увыну мы гъэм цIыху 39-рэ зэрыхущIэкъунурщ. Ар нэщэнэфIу, къэралым демократиер зэрыщытепщэр къигъэлъагъуэу арауэ къэплъытэ хъунукъым дауи, атIэ щыхьэт зытехъуэр Украинэм щытыкIэр зэрыщымыщIагъуэрщ. Апхуэдиз цIыху лъэныкъуэ зырызкIэ еIэным къэралыр фIым зэрыхуимышэнури гурыIуэгъуэщ.
Хэт сыт хуэдиз цIыхум Iэ хуаIэтынкIэ хъунуми кIэлъыплъ политологхэм къызэралъытэмкIэ, мазитI хъуауэ бжьыпэр иIыгъщ артист, теленэтынхэр езыгъэкIуэкI Зеленский Владимир – абы зэкIэ и телъхьэщ Iэ зыIэтынухэм я процент 25-м нэблагъэр. Абы къыкIэлъыкIуэ Тимошенкэ Юлие дзыхь ирагъэз зэупщIахэм я процент 18,3-м. Украинэм и иджырей президент Порошенкэ Пётр иIыгъыр ещанэ увыпIэрщ – процент 16,8-м къалъытэ абы къэрал унафэр иджыри илъэситхукIэ IэщIэлъ хъуну.
Нобэ
♦Жейм и дунейпсо махуэщ
♦ЩэхуакIуэхэм я хуитыныгъэхэр хъумэным и дунейпсо махуэщ
♦Тюленым и шырыр хъумэным и дунейпсо махуэщ
♦Беларусь Республикэм и лъэпкъ гуфIэгъуэщ - я Конституцэм и махуэщ. Ар 1994 гъэм Белоруссием и Совет нэхъыщхьэм къищтащ.
♦1892 гъэм Инджылызым щыщ хьэрычэтыщIэ Холдинг Джон «Ливерпуль» футбол командэр къызэригъэпэщащ.
♦1917 гъэм Урысейм ПIалъэкIэ лэжьэну правительствэ къыщызэрагъэпэщащ.
♦1927 гъэм ДнепроГЭС-р ухуэн щIадзащ.
♦1938 гъэм Сауд Хьэрыпым и щIыналъэм щIыдагъэ япэу къыщагъуэтащ.
♦1939 гъэм нацист Германием Чехословакиер иубыдащ.
♦1946 гъэм СССР-м хыхьэ республикэхэм я ЦIыхубэ комиссархэм я советхэр Министрхэм я Совет жиIэу зэрахъуэкIащ.
♦1984 гъэм Рыбинск къалэм и цIэр Андропов жиIэу зэрахъуэкIащ. 1989 гъэм абы аргуэру Рыбинск фIащыжащ.
♦1990 гъэм Горбачёв Михаил СССР-м и президент къулыкъум пэрыуващ, къэралым и цIыхубэм хьэлэлу яхуэлэжьэну тхьэ зэриIуэм теухуа дауэдапщэр екIуэкIащ.
♦1880 гъэм къалъхуащ Адыгэхэм я цIыхубэ лIыхъужь Къылыш СулътIан-Джэрий.
♦1913 гъэм къалъхуащ Адыгей драматург, актрисэ, критик Натхъуэ Долэтхъан.
♦1924 гъэм къалъхуащ Совет тхакIуэ цIэрыIуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, Хэку зауэшхуэм хэта, Лениным и цIэр зезыхьэ саугъэтыр, СССР-м и Къэрал саугъэтыр (тIэунейрэ) зыхуагъэфэща Бондарев Юрий. «Освобождение» киноэпопее цIэрыIуэм и сценарийр зытхауэ щытар аращ.
♦1924 гъэм къалъхуащ Совет актёр, СССР-м и цIыхубэ артист, Станиславскэм и цIэр зезыхьэ саугъэтыр, СССР-м и Къэрал саугъэтыр (тIэунейрэ) зрата Самойлов Владимир.
♦1927 гъэм къалъхуащ теленэтынхэр езыгъэкIуэкIыу щыта, РСФСР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Шиловэ Аннэ.
♦1930 гъэм къалъхуащ Физик цIэрыIуэ, академик, Нобель и саугъэтым и лауреат, СССР-м, УФ-м я Къэрал саугъэтхэр зрата, «Хэкум и пащхьэ щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденым и нагъыщэ псори зрата Алфёров Жорес.
♦1934 гъэм къалъхуащ Иорданием и профсоюз лэжьакIуэу щыта, Амман дэт Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и тхьэмадэ, Хьэшимит къэралыгъуэм и сенатор Къардэн Самир.
♦1937 гъэм къалъхуащ Совет тхакIуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, СССР-м и Къэрал саугъэтыр тIэунейрэ, УФ-м и Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща Распутин Валентин.
♦1974 гъэм къалъхуащ Урысейм Псым хэлъэнымкIэ и федерацэм и вице-президент, УФ-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер, Олимп джэгухэм тIэунейрэ я чемпион хъуа Саутин Дмитрий.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 3 - 4, жэщым градус 1 - 2 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Iыхьлы делэ напэтехщ.
Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "315.txt"
} |
Iуэху нэхъыщхьэхэм топсэлъыхь
КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ зи чэзу зэIущIэр. Абы хэтащ УФ-м и Президентым КИФЩI-м и IуэхухэмкIэ и полномочнэ лIыкIуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ и аппаратым и федеральнэ инспектор нэхъыщхьэ Ткачёв Евгенийрэ КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я лIыкIуэу КъБР-м и Парламентымрэ суд IуэхущIапIэхэмрэ щыIэ ДыщэкI Мадинэрэ.
Депутатхэм хахащ КъБР-м и Парламентым и лIыкIуэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Адвокатхэм я палатэм квалификацэмкIэ и комиссэм хагъэхьэнухэр. Ахэр арэзы техъуащ «Къэбэрдей-Балъкъэрым зезыгъэужь корпорацэ» АО-м и юридическэ къудамэм и IэщIагъэлI нэхъыщхьэ БжэIумых Аллэрэ КъБР-м и Жылагъуэ палатэм Социальнэ политикэмкIэ, цIыхухэм я узыншагъэмрэ щIыуэпсым и къабзагъэмрэ хъумэнымкIэ и комиссэм и унафэщIым и къуэдзэ Къарей Расулрэ къызэрагъэлъэгъуам.
КъБР-м и Парламентым РегламентымкIэ, депутат этикэмрэ лэжьыгъэр къызэгъэпэщынымкIэ и комитетым и унафэщI Кансаевэ Еленэ тепсэлъыхьащ УФ-м и Президент Путин Владимир 2019 гъэм мазаем и 20-м УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым Зэрызыхуигъэзам къыщигъэлъэгъуа Iуэхухэр гъэзэщIэным теухуауэ КъБР-м и Парламентым иубзыхуа лэжьыгъэхэм. Абы зэрыжиIамкIэ, зыхэплъэну законопроектхэм къищынэмыщIа, къэпщытэныгъэ лэжьыгъэхэри (Iуэхугъуэ 31-рэ къызэщIаубыдэу) ирагъэкIуэкIынущ.
Депутатхэм даIыгъащ «Къэрал дэIэпыкъуныгъэм теухуауэ» Федеральнэ законым и Iыхьэ 12-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» федеральнэ закон №657895-7-м и проектыр. КъБР-м и Парламентым Социальнэ политикэмкIэ, лэжьыгъэмрэ узыншагъэр хъумэнымкIэ и комитетым и унафэщI Къэжэр Хъусен жиIащ законопроектыр Президентым УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым Зэрызыхуигъэзам къыщыгъэлъэгъуа Iуэхухэр гъэзэщIэным хиубыдэу зэрагъэхьэзырар икIи пенсэ ахъшэр цIыхур псэун щхьэкIэ нэхъ мащIэу зыхуейм хуэдизым зэрынагъэсынур, нэхъ иужькIэ проценти 7,05-кIэ абы зэрыхагъэхъуэнур.
ЗэIущIэм къыщащтащ «Урысей Федерацэм ЛэжьыгъэмкIэ и кодексым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэнымрэ ящэ-къащэхухэр къызэрызэрагъэпэщымрэ теухуауэ» Федеральнэ законым и Iыхьэ 20, 21-хэм зэхъуэкIыныгъэхэр зэрыхалъхьэм и IуэхукIэ» федеральнэ закон №172854-7-м, «Сату щIыпIэ хэхахэм фадэмрэ тутынымрэ зэрыщащэм ехьэлIауэ Урысей Федерацэм сату Iуэхур къызэрыщызэрагъэпэщым теухуауэ» Федеральнэ законым и Iыхьэ 8-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» Федеральнэ закон №628901-7-м, «Урысей Федерацэм административнэ хабзэхэр къызэпемыгъэудынымкIэ и кодексым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ» федеральнэ закон №617312-7-м я проектхэр, нэгъуэщIхэри.
2018 гъэм зэфIагъэкIам теухуауэ зэIущIэм къыщыпсэлъащ КъБР-м ЦIыхум и хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ и уполномоченнэ Зумакулов Борис. Абы къызэрыхигъэщамкIэ, цIыхухэр, псом хуэмыдэу нэхъыжьхэр, ныкъуэдыкъуэхэр, бынунагъуэшхуэхэр арэзы къищIыркъым ягъуэт дэIэпыкъуныгъэхэм, я улахуэм, пенсэр зэрымащIэм. Апхуэдэуи унэ зратын хуейуэ чэзум хэтхэм яхэщIыркъым, лэжьыгъэ ягъуэтыркъым, псэупIэ-коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэр къызэрыхуащIэмрэ абыхэм я уасэмрэ егъэтхьэусыхэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым егъэджэныгъэмкIэ, узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэхэми епхауэ мыарэзыныгъэхэр щыIэщ.
- Iуэхур зэхэдгъэкIын щхьэкIэ языныкъуэхэм деж дапэщIэувэн хуей мэхъу унафэщIхэм, хабзэхъумэ IэнатIэхэм щылажьэхэм. Къапщтэмэ, абыхэми дэри зэхуэдэу ди къалэн нэхъыщхьэр цIыхухэм я хуитыныгъэхэр тхъумэнырщ. Апхуэдэ ныкъусаныгъэхэр дызэриIэм къегъэлъагъуэ дызэлэжьыпхъэ Iуэхухэр зэрымымащIэр, - къыхигъэщащ Зумакуловым.
КъБР-м къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министр Ромашкин Игорь IуэхущIапIэм 2018 гъэм зэфIигъэкIам тепсэлъыхьащ. Псом япэу абы къыхигъэщащ УГИБДД-м и ДПС-м и IуэхущIапIэм щылажьэхэр нэгъабэ цIыху 91-кIэ зэрагъэмэщIар, бадзэуэгъуэм Аруан муниципальнэ къудамэр Аруан районым зэрыгуагъэхьэжар. КъищынэмыщIауэ, къудамэщIэ къыщызэIуахащ Лэскэн районым.
- Иужьрей илъэситхур къапщтэмэ, республикэм щалэжь щIэпхъаджагъэхэм я бжыгъэр нэхъ мащIэ хъуащ процент 16-кIэ. НэгъуэщIым и мылъку ядыгъуным проценти 8 кIэрыхуащ, балигъ ныбжьым нэмысауэ нэхъ ипэкIи щIэпхъаджагъэ зылэжьауэ етIуанэу къыщIэхуахэр процент 35-кIэ нэхъ мащIэщ, - жиIащ министрым. – Къыхэгъэщыпхъэщ, Интернетыр къагъэсэбэпу ялэжь щIэпхъаджагъэхэм 2018 гъэм хуэдитIкIэ зэрыхэхъуар - Iуэху 347-рэ къаIэтащ. Зи гугъу тщIы пIалъэм къриубыдэу, щIэпхъаджагъэ мини 4,5-м щIигъу къыщIэдгъэщащ, абыхэм ящыщу 300-м щIигъур нэхъ ипэкIэ ялэжьахэращ, 47-р гуп зэрыгъэхъуауэ къызэрагъэпэщат.
Министрым зэрыжиIамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрыр яхэтщ Кавказ Ищхъэрэм щIэпхъаджагъэхэр нэхъ псынщIэу къыщыщIагъэщ щIыналъищым, зэхамыгъэкIа Iуэхухэм зэрыхагъэщIымкIи республикэм Урысейм еханэ увыпIэр щиIыгъщ, КИФЩI-м - щыетIуанэщ.
Гъуэгум шынагъуэншэу щызекIуэным и хабзэр зэрамыгъэзащIэм и гугъу щищIым, Ромашкин Игорь жиIащ машинэ кърахуэкIыну хуит зыщI тхылъ ямыIэу рулым дэтIысхьахэм я зэранкIэ 2018 гъэм ДТП 54-рэ къызэрыхъуар. Абыхэм цIыху 17 хэкIуэдащ, 56-м фэбжь хахащ. Апхуэдэуи гъуэгум щалэжь щIэпхъаджагъэхэр епхащ машинэр хуабжьу къызэрырахуэкIым, машинэ къажэр зытет лъэныкъуэм зэрытелъадэм, нэгъуэщIхэми. Министрым къызэрыхигъэщамкIэ, машинэхэр зэтримыхьэн папщIэ, гъуэгум и лъэныкъуиплIми ущызекIуэ хъууэ щIыным мыхьэнэшхуэ иIэщ, къапщтэмэ, зэжьэхэуэхэм я бжыгъэри абы нэхъ мащIэ ищIыну министрым къелъытэ. Абы и лъэныкъуэкIэ республикэм и унафэщIхэр и щIэгъэкъуэну, министерствэм Кавказ Ищхъэрэм и гъуэгу IуэхухэмкIэ управленэм иригъэхьащ «Кавказ» федеральнэ гъуэгум зэрызрагъэубгъунум теухуауэ къыхалъхьэ Iуэхур. Абы епха лэжьыгъэхэм 2020 гъэм щIадзэну щогугъ.
БАГЪЭТЫР Луизэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "316.txt"
} |
Топджэгу, гъэсакIуэ икIи щIэныгъэлI Iэзэ Наурзокъуэ Юрэ
Налшык и «Спартак»-м и лъабжьэр зыгъэтIылъахэм ящыщ зы Наурзокъуэ Юрэ и ныбжьыр мэлыжьыхьым и 5-м илъэс 80 ирокъу. Къэралпсо утыку ихьэну Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэр къыщызэрагъэпэщым ар япэу ирагъэблэгъащ, абы и тренер нэхъыщхьэуи тIэунейрэ щытащ. ИужькIэ щIэныгъэм зритри экономикэ щIэныгъэхэм я кандидат хъуащ икIи мыхьэнэшхуэ зиIэ къэхутэныгъэ зыбжанэ иригъэкIуэкIащ.
Налшык щыпсэу Наурзокъуэ Хьэмзэт и унагъуэм 1939 гъэм мэлыжьыхьым и 5-м щIалэ цIыкIу къралъхуащ. Лъэныкъуэ куэд къызэщIэзыубыдэ гъащIэ хьэлэмэт ирихьэкIыну и натIэм къритхат абы. И жыджэрагъымкIэ адрей сабийхэм къахэщ Юрэ топ джэгуным пасэу зыхуигъасэу щIидзащ икIи псынщIэ дыдэу зэфIэкI лъагэ зэриIэр наIуэ хъуащ. Абы и ныбжьыр илъэс пщыкIутху ирикъуа къудейт Налшык и «Спартак»-м и балигъ командэм хагъэхьэу РСФСР-м и «Ипщэ» гупым джэгун щригъэжьам. КъыкIэлъыкIуэ гъэм Урысей Федерацэм и гуп къыхэхам ираджэри, Совет Союзым и чемпионатым хэтащ. А илъэс дыдэм Мэзкуу и «Динамо»-м ирагъэблагъэри, ныбжьыщIэхэм я зэпеуэм екIуу зыкъыщигъэлъэгъуащ. АрщхьэкIэ мыгувэу Къэбэрдей-Балъкъэрым къигъэзэжащ.
- 1959 гъэм СССР-м футболымкIэ и «Б» классым Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэр хэтыну хуит щащIым, щIалэхэр зэхуашэсу щIадзащ. Сэ Москваи, Грозни, Таганроги сыщыджэгуауэ Iуэхум нэхъ сыхэзэгъати, «Спартак»-м хэтынухэмкIэ чэнджэщэгъу сащIащ, - къыщызжиIауэ щытащ Наурзокъуэ Юрэ ди республикэм и командэ нэхъыщхьэр игъэсэну и пщэ иралъхьауэ 1994 гъэм Кърымым къикIыжауэ сыщепсэлъам. - ЗанщIэу сигу къэкIыжащ Тырныауз щыщ Шурэ - абы теухуауэ арат сщIэр, и цIи, и унэцIи сыщыгъуазэтэкъым. Илъэс ипэкIэ, 1958 гъэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и кубокыр къэхьыным и финалым щызэхуэзат сэ сызыхэт Налшык и «Лы комбинатымрэ» Тырныауз и «Металлург»-мрэ. Джэгур хуабжьу гуащIэ хъуат. Ди хьэрхуэрэгъухэм ящыщу егъэлеяуэ гугъу дригъэхьырт «Шурэ»-кIэ зэджэ щIалэщIэ зыIэщIэлъым. ЗыкъомкIэ абы и зэранкIэ зэIущIэр 3:4-уэ тфIахьэхуат, 3:0-у япэ дита пэтми. ДыщIэупщIэIуэри, ар Iэпщэ Александрт, шахтым щылажьэ щIалэт. ЯжесIэри, Налшык и «Спартак» командэм ирагъэблэгъащ икIи абы дэрэ зы пэш дыщIагъэтIысхьэри, згъэсэну икIи сыкIэлъыплъыну си пщэ къыдалъхьащ.
Арати, Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр футболымкIэ япэ дыдэу союзпсо утыку щызыхъумэнухэм адыгэу Iэпщэ Александр сэрэ дыхагъэхьащ, иужькIэ гъуащхьэтет Алий Руслан гъусэ къытхуэхъуащ. КъищынэмыщIауэ ди щIыпIэм къыщалъхуауэ къытхэтт Николаенкэ Владимир, Жулюкин Виктор, Туаев Къазбэч сымэ. Дэтхэнэми тлъэкI къэдгъэнакъым Къэбэрдей-Балъкъэрым и пщIэр тIэтын, футболым и лъабжьэр ди деж щыдгъэтIылъын папщIэ.
ИлъэситхукIэ Налшык и «Спартак»-м щыджэгуащ Наурзокъуэ Юрэ. А зэманым къриубыдэу зэIущIи 109-м хэтащ икIи, гъуащхьэхъумэу щыт пэтми, 12-рэ я хьэрхуэрэгъухэм я гъуэр хигъэщIащ. Командэм къыдыхэтхэр абы «джыназ»-кIэ къеджэрт, и теплъэмрэ зыIыгъыкIэмрэ дихьэхауэ.
Топ джэгуным къыхэкIыжа иужькIэ, Юрэ щIэныгъэм куууэ зритащ. 1969 гъэм ар аспирантурэм щIэтIысхьащ икIи экономикэ щIэныгъэхэм я кандидат хъуащ. Наурзокъуэр хуабжьу дихьэхащ къэхутэныгъэхэм икIи иджыпсту дызыгъэгузавэ ятIэпсыр бгыхэм къызэрыщыщиудым пэщIэтынымрэ псыкъиухэр къызэтегъэувыIэнымкIэ IэмалыфIхэр къызэригупсысам щыхьэт техъуэ патентхэр мыгувэу къратащ.
АрщхьэкIэ и псэм фIыуэ илъэгъуа топджэгум ар зэи къиутIыпщакъым. 1976 гъэм Совет Союзым футболымкIэ и япэ лигэм щытыкIэ гугъум щихуа Налшык и «Спартак»-р и IэмыщIэ къралъхьащ.
Наурзокъуэ Юрэ и унагъуэр дэщIыгъуу, илъэс зыбжанэ хъуауэ Кърымым щыIэщ. Адыгэхэр а хытIыгу ныкъуэм ижь-ижьыж лъандэрэ зэрыщыпсэуам щыхьэт техъуэ къэхутэныгъэхэр абы иригъэкIуэкIащ, а щIыпIэм и фIэщыгъэцIэхэр (топонимикэр) куууэ иджыурэ.
1985 гъэм щыщIэдзауэ илъэсийкIэ зэкIэлъхьэужьу Юрэ и тренер нэхъыщхьэу щытащ Феодосие и «Море» командэм. 1994 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым къигъэзэжри, Налшык и «Спартак»-р игъасэу хуежьащ. Абы и унафэм щIэту ди щIалэхэм зыхэт етIуанэ лигэм и «КъуэкIыпIэ» гупым ещанэ увыпIэр щаубыдащ, Воронеж и «Факел»-мрэ Краснодар и «Колос»-мрэ очкоитI-щыкIэ фIэкIа къакIэрымыхуауэ. Езыр щымыIэжами, Наурзокъуэм игъэтIылъа лъабжьэ быдэр сэбэп хъуащ къыкIэлъыкIуэ илъэсым налшыкдэсхэм япэ лигэм ягъэзэжынымкIэ.
1999 гъэм Наурзокъуэ Юрэ и тренер нэхъыщхьэу ягъэуващ Украинэм и лигэ нэхъыщхьэм щыджэгу Кърымым и командэ нэхъыфI дыдэ Симферополь и «Таврия»-м. Абы куэдрэ зыщиIэжьакъым икIи Адмирал Макаровым и цIэр зезыхьэ Кхъухьхэр ухуэнымкIэ лъэпкъ университетым Феодосие щиIэ политехникэ институтым и доценту лэжьапIэ уващ.
Совет Союзым, Урысей Федерацэм, Украинэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым я футболым лъэужь дахэ къыщызыгъэна Наурзокъуэ Юрэ нобэми хэлъхьэныгъэфIхэр хуещI спортми щIэныгъэми. Кърымым щыпсэуми зыщигъэгъупщэркъым щалъхуа адыгэ хэкур икIи, Iэмал иIэ зэрыхъуу, Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэж. Iыхьлыхэмрэ благъэхэмрэ къищынэмыщIауэ, псом хуэмыдэу абы зэпыщIэныгъэ быдэ яхуиIэщ топджэгу иным хишауэ щыта Iэпщэ Александр и унагъуэм, футболым къыдыхэтахэм, гъащIэм ныбжьэгъу къыщыхуищIахэм. Узыншэу, гукъыдэжрэ насыпрэ щымыщIэу Тхьэм иджыри илъэс куэдкIэ дунейм тригъэт!
Жыласэ Заурбэч.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "317.txt"
} |
Урысейм и чемпионатым ирагъэблагъэ
Кикбоксинг
Мэзкуу къалэм щекIуэкIащ кикбоксингымкIэ къалащхьэм и чемпионат зэIуха. Зэхьэзэхуэм щызэуа спортсмен 410-м яхэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ Бахъсэн Рэмэзан.
Щыбэна гупым хьэрхуэрэгъу къыщыхуэхъуахэр зэIущIэхэм хухаха зэманыр и кIэм нэмысу щыхигъащIэурэ, ди лъэпкъэгъур чемпион хъуащ. Иджы Бахъсэным Iэмал къыхукъуэкIащ мэлыжьыхьым и 23-28-хэм Самарэ къалэ щызэхэтыну Урысейм и чемпионатым зыкъыщигъэлъэгъуэну. Абы кърикIуахэм япкъ иткIэ мы гъэм и фокIадэм Босниемрэ Герцоговинэмрэ щекIуэкIыну дунейпсо чемпионатым кIуэну ди къэралым и командэ къыхэхар зэхагъэувэнущ.
Бахъсэн Рэмэзан зыщегъасэ КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм мыолимп спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ и спорт школым. Тренерыр Къудей Алимщ.
ЖЫЛАСЭ Замир.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "318.txt"
} |
Къэралым и щIыпIэ псоми къикIахэр Налшык щызэхуэсат
Джиу-джитсу
Налшык и Универсальнэ спорт комплексым щекIуэкIащ бразил джиу-джитсумкIэ зэхьэзэхуэ зэIуха. Абы кърихьэлIат ди къэралым и щIыпIэ псоми къикIа цIыху 200-м нэблагъэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу зэхьэзэхуэм хэтащ спортсменибл. Абыхэм фIы дыдэу зыкъагъэлъэгъуащ. Апхуэдэу Мэш Алимрэ Куэшмэн Къантемыррэ дыщэ медалхэр зыIэрагъэхьащ, я хьэрхуэрэгъу псори хагъащIэри. Балъкъэр Елдар ещанэ увыпIэр иубыдащ.
Налшык и Универсальнэ спорт комплексым бразил джиу-джитсумкIэ щекIуэкIа зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIа щIалэхэр егъасэ Шыхъуэстэн Руслан.
Хьэтау Ислъам.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "319.txt"
} |
Махуэшхуэм и щIыхькIэ
ЩэкIуэгъуэ мазэм и етIуанэ Iыхьэм тохуэ Студентхэм я дунейпсо махуэр. Ар Iэтауэ иджыблагъэ щагъэлъэпIащ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым. ЕджапIэ нэхъыщхьэм и пресс-IэнатIэм хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, абы щекIуэкIащ щIалэгъуалэр куэд лъандэрэ зыпэплъа «Виват, студент!» зэпеуэр. Ар нэхъыбэу зытеухуауэ щытар кино гъуазджэм и дуней телъыджэращ.
КъБКъУ-м игъэува «Оскар Виват» саугъэтым щIэбэныну утыкум къихьат университетым щеджэ щIалэгъуалэм ящыщу акъыл жан, артистагъ зыбгъэдэлъ, хэлъэт зиIэ зыбжанэ. Абыхэм хуабжьу егугъуу зыхуагъэхьэзыращ зэпеуэм, ауэ щыхъукIи, я къалэн нэхъыщхьэм - еджэным - а Iуэхур зыкIи зэран хуамыгъэхъуу. ТхьэмахуитI-щыкIэ зызыгъэхьэзыра щIалэгъуалэр утыкум къыщихьам, гурыIуэгъуэ хъуакIэт иджырей студентхэр зэчий зэмылIэужьыгъуэ куэд зыбгъэдэлъ цIыхуу зэрыщытхэр. Пэублэ псалъэм и ужькIэ, абыхэм ящыщ дэтхэнэми къызэхуэсахэм ирагъэлъэгъуащ езыхэм траха фильм кIэщI цIыкIу. КъыкIэлъыкIуэу ахэр щызэпеуащ «Дыгъэр псоми зэхуэдэу къыттопсэ» зыфIаща Iыхьэм. ИтIанэ утыку кърахьащ я «Творческэ унэ лэжьыгъэр».
Дэтхэнэ студентми игъэхьэзыра лэжьыгъэр апхуэдизу гъэщIэгъуэнт, хьэлэмэтт икIи купщIафIэти, абы еплъхэми къэпщытакIуэхэми къахухэмыхыну къыпщыхъурт пашэныгъэр зыхуагъэфэщэнур. Бекъул Иринэ игъэзэщIа къафэм апхуэдизу удихьэхырти, къыпщыхъурт утыкум итыр КъуэкIыпIэ къэрал гуэрым щыщ пщащэу. Пресли Элвис фIыуэ зылъагъу псори «зэуэ къиукIащ» ВакъащIэ Мухьэмэд, абы и «Wearethe Champions» уэрэдыр зыхэщIэгъуэу жиIэри. Алтуев Рустам и дэIэпыкъуэгъу гупыр щIыгъуу Гарри Поттер зыпащIыжу интермедие джэгуащ. Къэшэж Рустам утыкум щызылъэгъуам, ар Чаплин Чарли дыдэу фIэкIа зэрищIэн дунейм теттэкъым. Скрипкэм IэкIуэлъакIуащэу еуа Къэшэж Дианэ бгъэдэлъ зэчий лъагэри куэдым яфIэгъэщIэгъуэнащ. Бозий зэшыпхъухэм ягъэлъэгъуа «Бэным къыдэIукI макъхэр» теплъэгъуэм абы кIэлъыплъахэм я псантхуэхэр игъэтхытхат. ГушыIэныр зи щIасэ АфIэунэ Мартин утыкум къызэрихьа теплъэгъуэхэм зэпеуэм кърихьэлIахэм я псэр игъэсабырыжащ икIи дэрэжэгъуэ къаритыжащ.
А псоми набдзэгубдзаплъэу кIэлъыплъа къэпщытакIуэ гупыр, еджапIэ нэхъыщхьэм и IэщIагъэлIхэр, студент зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр зыхэтыр, пэжу, гугъу дехьащ, ауэ, итIани, яхулъэкIащ фIыхэм я фIыжыр ягъэбелджылыну икIи ар утыкум кърашэну. «КъБКъУ-м и суперстудент» цIэр фIащри, абы щыхьэт техъуэ статуэткэри тыгъэ хуащIащ университетым ПедагогикэмкIэ, психологиемрэ физкультурэ-спорт егъэджэныгъэмкIэ и институтым (ИППиФСО) и студенткэ Къэшэж Дианэ. КъБКъУ-м ИнформатикэмкIэ, электроникэмрэ робототехникэмкIэ и институтым (ИИЭиР) и студент Алтуев Рустам къэпщытакIуэхэри пшыхьым кърихьэлIахэри зэдэарэзыуэ хуагъэфэщащ зэпеуэм и саугъэт хэхар. Зэхьэзэхуэм хэта адрей студентхэми иратащ фIыщIэ тхылъхэмрэ саугъэтхэмрэ. Апхуэдэу фIыщIэ ин хуащIащ пшыхьыр езыгъэкIуэкIа студент акъыл жанхэу, гушыIэрейхэу Мусуков Ильясрэ ХъутIэ Зурабрэ.
ЖЫЛАСЭ Маритэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "32.txt"
} |
«Сэри адыгэлъщ сщIэтыр»
ЩIэнхабзэ
УафэхъуэпскIыу гурыщIэр къэзыгъэушу щыта сурэтыщI телъыджэ Жэмыфэ Виктор
Кавказым и художник нэхъыфIхэм ящыщ зыт Жэмыфэ (Чемсо) Виктор Мусэ и къуэр (1933 - 1996 гъгъ.).
Илъэс 30 и пэкIэ Жэмыфэ Виктор и еплъыныгъэ Ставрополь къыщызэIуахати, художник Пащты Германрэ сэрэ гъуэгу дытохьэ. СурэтыщIыр зыхуэлажьэ цIыхухэми гъуазджэм и лэжьакIуэхэми Жэмыфэм и IэдакъэщIэкIхэр къазэрыщыхъур зэдгъэщIэным тIуми ди нэ къыхуикIырт. Сыту жыпIэмэ, урохьэлIэ художникыр цIыхухэм япыщIауэ щытын хуэмейуэ къэзылъытэхэм. Дэ абыкIэ дыарэзытэкъым: ущIэтхэм укъыщыгурымыIуэкIэ, ущIэтхэн щыIэкъым. КъимыдэкIэ, гъуазджэм фIыщэу хэзымыщIыкIхэм, нэхъ тэмэмыр къалъагъуфу жызыIэхэм, апхуэдэ Iуэху еплъыкIэм тезыгъэчыныхьхэм, загъэIэзащэу «пэжым и нэр щращI» щыIэщ. Языныкъуэхэм деж цIыху къызэрыгуэкIхэм нэхъ щIэх къапхъуатэ сурэтыщIыр зыгъэпIейтейр, абы жиIэну зыхуеяр, и зэфIэкIыр зэриузэщIыну щIыкIэр.
Ар зэрыпэжыр дэ щыдгъэунэхуащ Жэмыфэ Виктор и выставкэм: зи ныбжькIи, зи IуэхущIафэкIи зэхуэмыдэ цIыхухэм деуэршэрылIащ, ялъэгъуа сурэтхэм тедгъэпсэлъыхьащ.
Адыгэ щIалэм и IэдакъэщIэкIхэм еплъахэр апхуэдизкIэ куэдти, къазэрыщыхъуар иратхэу Ставрополь музейм щIэлъ тхылъ Iувищым ихуа къудейт. Сурэтхэм я нэхъыбэр цIыху нэ жаным, псэ къабзэм и гухэлъ мафIэмкIэ гъэнщIат, абыхэм узыIэпашэт, нэхунэ телъыджэкIэ къагъэлындауэ къыпщыхъурт.
Ар дунейм и щытыкIэ е цIыхум и теплъэ ирехъу - художникыр дэзыхьэхам, фIэгъэщIэгъуэным уафэхъуэпскI мафIэу гурыщIэ нэхухэр къыхуегъэуш. Абы щыгъуэщ сурэт щищIыр. Апхуэдэ дакъикъэхэм деж художникым хузэфIэмыкIын щымыIэу зыкъыщохъуж икIи зыхуежьа лэжьыгъэр иухыху тепыIэ иIэкъым. Аращ Жэмыфэ Виктор и теплъэгъуэхэр гъащIэм и пэжымкIэ щIэузэщIар, щIэкупщIафIэр.
СурэтыщIыр цIыхухэм я гум къипсэлъыкIыф зыщIыр сыт? СызэреплъымкIэ, ар бэм я псэм щыщIэм зэрыщыгъуазэрщ, цIыхум гурыфIыгъуэ езытыфыну плъыфэхэр къызэрихутэфырщ.
«ЦIыху нэсу, художник Iэзэу укъэзгъэунэхуащи, икъукIэ сыпхуэарэзыщ. Плъыфэхэм я пшыналъэ телъыджэу, уэрэд дахащэу зэхэлъщ уи Iэрытххэр… Упсэу бжызоIэ, гухэхъуэ къызэптащи», - жриIащ сурэтыщIым Пащты Герман.
Болгарием къикIа турист гупми мыпхуэдэу зыкъыхуагъазэу тхылъым итт: «Уи сурэтхэм щынэрылъагъущ щэнхабзэ лъагэ зыбгъэдэлъу узэрыщытыр».
Виктор и зэфIэкIым сыт къежьапIэ хуэхъуар? Абы жэуап етыжыгъуафIэкъым, сыту жыпIэмэ Iэзагъыр Iуэхугъуэ куэду зэхьэлIащ. Ауэ псом япэу абы къежьапIэ хуохъу художникыр сурэт щIыным зэрыхуэгурыхуэр, и лъахэм хуиIэ фIылъагъуныгъэр зэи зэрымыужьыхыр, гъащIэр и щIэщыгъуэу, абы дэрэжэгъуэ къриту зэрыщытыр. Шэч хэлъкъым Жэмыфэм и псэукIами къэхъукIами куэд елъытауэ зэрыщытам.
Ар Адыгейм и курыкупсэм щыIэ Нэтрыбэ къуажэм къыщалъхуащ. Абы и адэр юристт, хеящIэуи, Мейкъуапэ тхылъ тедзапIэм и редакторуи лэжьащ. Жэмыфэ Мусэ адыгэбзэкIэ зэридзэкIащ «Интернационалыр», Грибоедовым и «Акъылым къыхэкI насыпыншагъэ» комедиер, нэгъуэщI куэди.
Виктор сурэтыщI къыхэкIынымкIэ сэбэп хъуащ и адэжь щIыналъэм и дахагъыр. Жэмыфэр дуней телъыджэм хуэусэ сурэтыщIт, цIыхумрэ щIылъэмрэ зэхуаIэ зэпыщIэныгъэр къэзыгъэлъэгъуэфт. Абы гъащIэм и екIуэкIыкIэр, зэманым къигъэув къалэнхэр тэмэму къыгурыIуэрт, и нэм къыIуидзэр, пэжыр и гъуазэу, гупсысэ куукIэ иузэщIырт. Апхуэдэ гъуазджэкъэ дэ дызыхуейр?
Япэ адыгэ тхакIуэ, Пушкин Александр и цIыхугъэфI Къаз-Джэрий СулътIан зэритхащи, «зыпэдмыщIыжу дунейм и щытыкIэр къэдгъэлъэгъуэфу» щытын хуейщ. Хэкум и дахагъыр гурэ псэкIэ зыгъафIэ сурэтыщIым плъыфэ хьэлэмэтхэр къигъуэтырти, дунейм и теплъэгъуэ телъыджэхэр нэгум къыщIигъэувэрт, фIым дыхуигъэхъуапсэу, гурыщIэ нэхухэр ди гум къыщигъэушу.
Жэмыфэм дагъэкIэ ищI лэжьыгъэхэр (живопись) къазэрыщыхъум тетхыхьащ критик, искусствовед, художник цIэрыIуэхэр. Урыс къэрал музейм нобэрей гъуазджэр къэхутэнымкIэ и къудамэм и унафэщI Боровский Александр жеIэ: «Жэмыфэ Виктор и гуащIэр щыхьэт тохъуэ сурэтыщIым и лэжьыгъэхэм хуэфащэ гулъытэ зэрагъуэтым».
Адыгэ щIалэм ищIауэ Урыс къэрал музейм, УФ-м щэнхабзэмкIэ и министерствэмрэ Художникхэм я союзымрэ зэхэту сурэт 51-рэ къащэхуащ.
Петров-Водкин, Дейнекэ сымэ хуэдэу, Жэмыфэр дихьэхыу щытащ теплъэ зиIэ сурэтхэр щIыным. Ахэр зытеухуакIэ гурыIуэгъуафIэу, нэIурытхэу, плъыфэхэр я мащIэрэ гупсысэр ебэкIыу щытын хуейт. Ауэ сурэтыщI Iэзэр, и зэфIэкIым хэхъуэурэ, 70 гъэхэм и кIэм «плакатым и бзэм» хуэмеиж мэхъу. Пейзажхэм, натюрмортхэм зрет, Хэку зауэшхуэм совет цIыхухэм щызэрахьа лIыхъужьыгъэр къегъэлъагъуэ.
Хэкур зыхъумэхэр зыгъэдзыхэн зэрыщымыIэр къегъэлъагъуэ «ЦIыхубэ» зыфIища лэжьыгъэм. Мыбы плъыфэхэр щызэщIожьыуэ, зэманыр бзаджэу зэрыщытар ягъэбелджылы.
«Мылыр мэкъутэ. 1943 гъэ» сурэтри зауэ темэм пызыщэщ. Блокадэм и мылыр гъатхэм икъутащ. Нэри пэри ихьу псышхуэ къызэщыуар - дяпэкIэ зауэм къыщыхъуну зэхъуэкIыныгъэфIхэрщ. КIэи пэи имыIэу къыпщохъу гъэр ящIа бий зауэлIхэм я сатыр кIыхьым. Къалэшхуэ зэхэкъутам, исэхэжам къыщынаIуэ а цIыху цIыкIухэр, псэр ящымэхъашэу, гущыкIыгъуэщ. Дунейкъутэжыр зи Iэужьхэр зэхащIыхьам зэрытекIуэдэжыр, я IуэхущIафэм и гъэр зэрыхъужыр Жэмыфэм Iэзэу къигъэлъэгъуащ. Псом хуэмыдэу абы къехъулIащ «Сэлэтхэр», «ЦIыхум зыри щыгъупщэркъым», «Си адэм и фэеплъу» зыфIища сурэтхэр.
Октябрь революцэмрэ граждан зауэмри художникым гулъытэшхуэ зыхуищI лъэхъэнэт. «1917 гъэр», «ЛIыхъужьыгъэкIэ гъэнщIа щIалэгъуэ» зыфIища сурэтхэр абы триухуащ цIыхубэ насыпым щIэбэнахэм.
Лъэхъэнэхэр зэподжэж, щIэблэхэр зэрощIэ, нэхъыжьхэр зыхуежьар нэхъыщIэхэм япэкIэ ягъэкIуатэ. Апхуэдэ гупсысэ хэлъу Жэмыфэр тотхыхь ди лъэхъэнэгъухэм. Ар къыщыгъэлъэгъуащ Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Ставрополь крайм и гуащIэрыпсэухэм ятеухуа лэжьыгъэ куэдым.
ЗэрыцIыкIурэ Жэмыфэ Виктор фIыуэ илъагъурт губгъуэр. Абы и сурэтхэм тафэ инхэр уи нэгу къыщIагъэувэ, щIылъэ дахащэу, зэщхь къэгъуэтыгъуейуэ абыхэм уIуагъаплъэ. Дыгъэ гуащIэр зытепсэ тафэм къыщхьэщыт гъуэзыр зэрыхъей нэгъунэ зэхыуегъащIэ.
Къалмыкъым щыщ художник гуэрым жиIащ Жэмыфэм и сурэтхэм губгъуэмэ къакIэрихыу, хъунгъалIэмэ нэгъунэ къыщыпщIихьэу. Ауэ а щIыр зезыхьэхэрщ абы и гулъытэ нэхъыщхьэр зылъигъэсыр. Ахэр цIыху лъэщу, къарууфIэу уегъэлъагъу. Ахэращ берычэтыр зи IэрыкIхэр, губгъуэр къызыдэгъагъэри, къызыдэщхьэлъэри.
ЩIым телэжьыхьхэм абы пщIэ лей яхуищIу зэрыщытар щынэрылъагъущ «Губгъуэм ит цIыхубз», «Махуэ хуабэ», «Мэлыхъуэм и сурэт», «Жэмыш», «Фермэр - пщыхьэщхьэу», «Колхозхэт цIыхубз» сурэтхэми, нэгъуэщIхэми.
Губгъуэрысхэр егъэбжьыфIэ щIым хуаIэ пыщIэныгъэм, щIыр егъэбжьыфIэ а цIыхухэм я IуэхущIафэ дахэм, я лэжьыгъэм. Арат зэрегупсысыр художникыр. А гупсысэр хэлъщ гурыщIэ къабзэ къэзыгъэуш «Пщэдджыжь» сурэтым, гъащIэр, псэуныгъэр зыгъэлъапIэ «Анэхэр» лэжьыгъэм.
Иужьрейр гъащIэм и пшыналъэ дахэщ. Абы щыдолъагъу мэлыхъуэхэм я щхьэгъусэхэр, я бынхэр ящIыгъужу. Ахэр я теплъэкIэ цIыхубз узыншэхэщ. Дауи, абыхэм къащIэхъуэр езыхэм хуэдэ хъужынухэщ. ГъащIэр къызэрымыувыIэм ар и щыхьэтщ. «ЩIым и бынхэм я къуэпс зэи иухыркъым», - жиIэу абы гупсысэ куу хэлъщ.
Илъэс куэд хъуауэ узыкIэлъыплъ художникым и лэжьыгъэ гуэрхэм уосэжри, щIэуэ ищIахэр нэхъ щIэщыгъуэ къыпщохъу. Апхуэдэ еплъыкIэм емылъытауэ, сурэтыщIым и зэчийр нэхъ лъэщу къыщыгъэнэIуауэ зыгуэр къыхэзгъэщхьэхукIащэрэт жыбоIэ. Апхуэдэу къэзгъэнэIуэну сыхуейт «Бжьыхьэ уэлбанэхэр», илъэс зыбжанэкIэ елIалIэу 1983 гъэм щIын иуха лэжьыгъэр.
Абы уегъэпIейтей, укъегъэуIэбжь, гупсысэ зэмылIэужьыгъуэхэр къегъэуш, узыщымыгъуазэ гуэрхэм нэIуасэ ухуищIауэ къыпщегъэхъу. Апхуэдэу щхьэ щыт? Художникым «мыр мыращ» жиIэу зыхуейр игъэнаIуэркъым. Уэ нэхъ къызэрыпщтэм хуэдэу уегупсысыну хуит уещI.
Махуэ бзыгъэу наIуэ хъуа гъуэгукъым сурэтыщIым и гъуэгур. Ар баналъэщ, «Мы сызытехьам сыщымылъэпэрэпащэрэт» жиIэу дзыхьщIыгъуэджэщ, и гухэлъ ущэхуахэр цIыхухэм я деж нихьэсыну гугъапIэщ. «ПщIэншэу сылъэуджыджэрэ? Сызахуэ? Сыкъуаншэ?» - жиIэу сурэтыщIыр зэрычэнджащэр щызыхэпщIэу узэщIащ «Бжьыхьэ уэлбанэхэр».
Жэмыфэм гъащIэр куууэ дигъэлъагъурт, псом хуэмыдэу къару куэд ирихьэлIэрт цIыхур зыхуэдэр, ар зыхущIэкъур, и гуращэр къиIуэтэным.
Ар зэи тетхыхьыртэкъым псэкIэ имыгъэва, фIыуэ зыщымыгъуазэ Iуэхугъуэхэм, зыхуэдэр имыщIэхэм. ЗыгуэркIэ и псэм лъэIэсрэ къагъэпIейтея нэужьт лэжьыгъэм щеувалIэр - и нэм хъуаскIэр къыщIихыу, гурыщIэ лъэщым зэщIиIэтауэ. ИкIи, плъыфэ зэмыфэгъухэр Iэзащэу зэригъэкIуфурэ, щIыкIэ телъыджэхэр къихутэфу зыхуейр зригъэхъулIэрт. Апхуэдэ лэжьэкIэ зэриIарауэ къыщIэкIынщ гукъинэж ящыхъуа сурэтхэр Виктор щIыхуэщIар.
Гъэм и дэтхэнэ лъэхъэнэра ар нэхъ дэзыхьэхар? УпщIэм жэуап ептыну гугъущ. Феплъыт абы и гъэмахуэ, и бжьыхьэ пейзажхэу «Иужьрей удз гъэгъахэр», «Гъэмахуэ», «Дыщафэ бжьыхьэ», «Сабиигъуэ блэкIам и уэшх» зыфIищахэм. Абыхэм плъыфэхэр щызэщIожьыуэ, языныкъуэхэр дыгъэ нэпскIэ къэгъэнэхуауэ, адрейхэр пшэ зэщIэпщIыпщIэхэм къакIуэцIрыпсу къыпфIощI.
Си фIэщ хъуркъым Жэмыфэ Виктор хуэдэу Iэзэу бжьыхьэри гъэмахуэри къэзыгъэлъэгъуа щыIэу! Сэ нэхъ сыдахьэх абы и фокIадэ, жэпуэгъуэ лъэхъэнэм теухуа теплъэгъуэхэм. Языныкъуэ пейзажхэр къызэщIонэ пшэплъ щIыкIэу, адрейхэм гъащIэр щоужьыхыж, даущыншэ хъуауэ. Дунейм зэрызихъуэжыр апхуэдэу Iэзэу зытхыфынур зигукIэ усакIуэ художникырщ.
80 гъэхэм и кIэм адыгэ щIалэм Хэкум и образыр къызыхэщ лэжьыгъэхэм зрет. Этюдымрэ сурэтымрэ зым хуигъэкIуэжу итхахэм дунейм и теплъэр фащэ яхуищIыну абы щыгъупщэркъым.
Жэмыфэ Виктор цIыху гуащIафIэт. Зыхуежьар къехъулIэхуи увыIэгъуэ иIэтэкъым. АбыкIи нэрылъагъущ художникыр и IэщIагъэм зэрыхуэпэжыр, цIыхухэм ягу ирихьын лэжьыгъэхэр ищIыным зэрыхущIэкъуар.
Жэмыфэм и выставкэхэр Москва, Краснодар, Махъэчкъалэ, Орджоникидзе, Мейкъуапэ щагъэлъэгъуащ.
Виктор и бынхэр езым къыдэплъеящ. Аллэ, ипхъу нэхъыжьыр, сурэтыщIщ. Художественнэ училищэр къиухащ, и хъэтI иIэжщ. НэхъыщIэри - Милэ - академием щеджащ, зэчий зыбгъэдэлъ художникщ.
Жэмыфэ Виктор цIыхугъэшхуэ зыхэлът, зэманым къигъэув Iуэхугъуэхэм ягъэпIейтейрт. «Сэ мэкъумэшыщIэхэм япыщIа сызэрыхъурэ си Iуэхум зиужьу щIидзащ, - жиIэрт Виктор. - 1970 гъэм къыщыщIэдзауэ Ставрополь щIыналъэм и къуажэ лэжьакIуэхэм сапыщIащ. Куэдрэ Ипатовскэ районым сыкIуэрт, абы и губгъуэхэм ит цIыху гуащIафIэхэм сатетхыхьын папщIэ...
Дыгъэр гуащIэу къыщепсым деж тафэм къытрехуэ гъуэз зэрызехьэр. «Живописым дауэ къыщысхуэгъэлъэгъуэну пIэрэ?» - жысIэу сызэупщIыжырт икIи ар згъэунэхуу щIэздзащ. Абы Iэмал къызитащ си гуащIэм плъыфэр купщIэ хуэсщIыну, узыгъэгупсысэну Iуэхугъуэхэр абыкIэ къэзгъэнэIуэну. ИкIи а си Iуэху бгъэдыхьэкIэм ехъулIэныгъэ къысхуихьащ. Зи гугъу сщIа Iэмалым хуэдэхэр нэхъыбэу къигъэсэбэпмэ, художникым и зэфIэкIым хигъэхъуэфынущ».
А Iуэху еплъыкIэм къегъэлъагъуэ Жэмыфэм и гъуазджэр нэхъ щIэщыгъуэ зыщIыну Iуэхугъуэхэр махуэ къэс къызэрилъыхъуэу икIи къызэрыхуэгъуэту щытар.
«Ар сурэтыщI Iэзэт, и пейзажхэм хуэдэ къэгъуэтыгъуейт. Псом ящхьэращи, сыт хуэдэ утыку иумыхьэми, Виктор и лэжьыгъэхэр нэгъуэщIхэм яйм къахэпцIыхукIырт, ахэр нэхъ пфIэгъэщIэгъуэну уи нэм къыфIэнэрт, уи псэм ехуэбылIэрти», - игу къегъэкIыж Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и художник Киракозов Герасим.
Зэрынэрылъагъущи, Жэмыфэр зыпэрыта Iуэхум хьэлэлу хуэлэжьащ. Зэманыр къемэщIэкI пэтми, жылагъуэ лэжьыгъэ игъэзащIэу къэгъуэгурыкIуащ. Ар зыбжанэрэ хахащ Ставрополь крайм и Художникхэм я союзым и унафэщIу. Абы къыфIащащ Урысей Федерацэмрэ Адыгей Республикэмрэ щIыхь зиIэ я сурэтыщI цIэ лъапIэхэр.
Къэбэрдей-Балъкъэрыр Жэмыфэм фIыуэ илъагъурт. Ар ди республикэм мызэ-мытIэу щыIащ икIи цIыхухэм гъунэгъу захуищIу ди псэукIэр къэзыгъэлъагъуэ сурэтхэр ищIащ.
«Сэ фи щIыналъэм сызыIэпешэ, - жиIэрт Виктор, - Iуащхьэмахуэ лъапэ, Джылахъстэнейм, Дзэлыкъуэ хъупIэхэм сыщылэжьащ.
Фи деж сынэкIуэху гурыгъу-гурыщIэхэм сызэщIаубыдэ. Пшэр зытехьэ бгыщхьэм хуэдэу, си гущхьэр нэщхъеягъуэми гурыфIыгъуэми ятхьэщI.
Сигу къокIыж си адэр. Ар адыгэлI нэст, зауэ бзаджэм лIыгъэ щызэрихьащ. Сэри адыгэлъщ сщIэтыр. Арагъэнщ сызыгъэпIейтейр... Си адэ Мусэ сщIэжыркъым - сысабийуэ зауэм хэкIуэдащ. Абы и фэ изоплъ адыгэ лъахэм. Аращ Къэбэрдейри фIыуэ щIэслъагъур».
ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд, Урысей Федерацэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "320.txt"
} |
Таймаз Гюлджан и «Гунэхур»
ЩIэнхабзэ
Таймэз-Алтан Гюлджан Истамбыл къыщалъхуащ, и адэ-анэр Денизли къалэм хыхьэ Чардак щIыналъэм и Хъейрие адыгэ къуажэм щыщщ.
Гюлджан пэщIэдзэ классхэм щIэсу и егъэджакIуэм гу лъитауэ щытащ макъамэхэмкIэ зэрыгурыхуэм. Къапщтэмэ, хъыджэбзым и уэрэд жыIэнри абдеж къыщежьауэ къэплъытэ хъунущ.
Курыт щIэныгъэ зригъэгъуэта нэужь, Гюлджан туризмэм хуеджащ, и IэщIагъэми ирилэжьэну хунэсащ. Иужьым экономикэ IэщIагъэ зригъэгъуэтыну зрипщытат, арщхьэкIэ зэрысабийрэ дэзыхьэх музыкэм 2001 гъэм къыщыщIэдзауэ щыхуеджащ Истамбыл дэт къэрал консерваторэм. Ар къыщиухым и диплом лэжьыгъэр триухуат адыгэхэм я къафэ макъамэхэм. Абы къыщымынэу, Гюлджан иджыри къыздэсым йолэжь лъэпкъ макъамэ лIэужьыгъуэхэм я лъабжьэр къэтIэщIыным.
Ди лъэпкъэгъу хъыджэбзым бзипщIкIэ (абыхэм адыгэбзэр, абхъазыбзэр, шэшэныбзэр, баскыбзэр яхэту) уэрэд жеIэ.
Кубэ революцэр илъэс 50 зэрырикъур щагъэлъапIэм, Гюлджан и гъусэу уэрэд жиIащ Кубэм щыщ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Алфонсо Герардэ. Гюлджан Адыгэ Республикэм 2008 гъэм щыIащ, концерт щитащ. 2009 гъэм Испанием и Баск хэкум баскыбзэкIэ, адыгэбзэкIэ уэрэдхэр щигъэIуащ.
Таймэз Гюлджан тыркубзэрэ адыгэбзэкIэ макъамэхэр зытет альбомхэр къыдигъэкIащ. И япэ апхуэдэ лэжьыгъэр дунейм къыщытригъэхьэм, Гюлджан жиIауэ щытащ: «Зэгуэр Франджым, Германием, Швецием, Баскым адыгэ макъамэхэр цIэры-Iуэ щыхъунущ икIи си фIэщ мэхъу цIыхухэм ахэр дзапэ уэрэду зэраIэнур. Аращ сызыхущIэкъур, къызэхъулIэмэ, ар мы гъащIэм нэхъ лъапIэ дыдэ щысщыхъунущ».
Гюлджан къыщыхъу унагъуэм щызэхихыр адыгэбзэти, и анэдэлъхубзэр и тхьэкIумэм иту къыдэкIуэтеящ. Ауэ псори къыгурыIуэми, мэукIытэ къабзэу и анэдэлъхубзэм зэрыримыпсэлъэфым.
КъыдигъэкIа и лэжьыгъэхэм ящыщу къыхэбгъэщ хъунущ «Гунэху» («Гунэф») зыфIища и альбомыр. Абы хигъэхьащ адыгэм и щхьэм кърикIуа насыпыншагъэм, и адэжь щIыналъэм зэрырахуам, и бзэр, хабзэр зэхэзехуэн зэрыхъуам теухуа уэрэдхэр.
Гюлджан иджырей макъамэ Iэмэпсымэхэу адыгэ пшынэр, пхъэцIычыр, бэрэбаныр зэдигъэIэпыкъуурэ «теплъэщIэ» яриту и уэрэдхэр зэригъэзащIэр гъэщIэгъуэнщ. Ахэр нобэрей гъащIэм къезэгъ зэрыхъуным хуэдэу, ауэ леи хэмыту утыку кърехьэф.
Иужьрейуэ Гюлджан къыдигъэкIа «Гунэху» лэжьыгъэм хэтщ езым иусыжа зы уэрэд. КъищынэмыщIауэ, лэжьыгъэр купщIафIэ ящI «Адыгэ Хэку», «Дэнэ укIуэрэ, си гуагуэ?!», «Iэдииху», «Гум и уэрэд», «Си псэу си адыгэ» уэрэдхэм, «ИстамбылакIуэ» гъыбзэм. ЗыфIэгъэщIэгъуэныр Гюлджан и уэрэдхэм щхьэхуэу щедэIуэфынущ мыпхуэдэ Интернет адресхэм: www.gulcanaltan.com/index.php/Tr/haber/I76
www.gulcanaltan.com/index.php/Tr/album/gunefalbum
ХЪУАЖЬ Фахъри, «Адыгэ псалъэ» газетым и обозреватель.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "321.txt"
} |
ЩХЬЭКIУЭ ЗЫШЭЧ ЩХЬЭ ШХЫГЪУЭ ЙОХУЭ,
е Пщы уэлий ХьэтIохъущокъуэ Кургъуокъуэ и лIыгъэр
Адыгэпщ цIэрыIуэ ХьэтIохъущокъуэ Кургъуокъуэ Къэбэрдейр кърымыдзэм къызэрыригъэлам теухуа хъыбар телъыджэм ХьэтIохъущыкъуей хъыбархэм я жьантIэр къылъос. Ар дунейм щикъухьа адыгэхэр щыпсэу щIыпIэ куэдым ноби щызокIуэ. Абы теухуа тхыгъэхэр тхыдэ хъумапIэхэм щыIэщ, тхылъ зэмылIэужьыгъуэхэм итщ, тхакIуэхэмрэ щIэныгъэлIхэмрэ куэдрэ зэIэпахащ. Псом хуэмыдэу мы хъыбарыр зыубгъуауэ щызокIуэ езыр къыщежьа ХьэтIохъущыкъуей жылагъуэжьхэм я хэщIапIэ Бахъсэн аузым.
Си щIалэгъуэм щыщIэдзауэ сэри мызэрэ-мытIэу сыщIэдэIуащ абы. Зеикъуэ дэса ди хьэблэ лIыжь телъыджэхэу БжьыхьэлI Джырандыкъуэрэ абы и къуэ Темыркъанрэ, Пщыгъуэтыж Алджэрийрэ абы и къуэ Мухьэмэдрэ, Щоджэн Iэсхьэд, Темыр Машэ, си адэшхуэ Къэрмокъуэ Лъостэнбэч сымэ, нэгъуэщIхэми зэпадзыжу, зым щиухым деж адрейм къыпищэу, яIуэтэжырт Кургъуокъуэ и лIыгъэм, и шыIэныгъэ иным теухуа хъыбарыр. Iуэтэжын яуха нэужь, нэхъыжьым щIигъужырт: «Апхуэдэ гуэрщ-тIэ адыгэм «щхьэкIуэ зышэч щхьэ шхыгъуэ йохуэ щIыжиIap».
Илъэс щищ ипэкIэ Къэнжалышхуэ гъэмахуэ хъупIэм деж щекIуэкIа зауэ гуащIэм и хъыбарыр а гъуэгуанэ кIыхьым и кхъузанэм куэдрэ иухуэнщIауэ, налъэ зэмыфэгъу Iэджэу зэгуиухуэнауэ ди деж къэсащ. Тхьэ зытепIухь мыхъун гуэрхэр хэплъагъуэ пэтми, хъыбарым купщIэ хуэхъуа пэжыр къабзэу хъума хъуащ.
Сыт щыгъуи хуэдэу, адыгэпщхэр зэм зэгурыIуэрти хэкур зэдахъумэрт, лъэпкъри насыпыфIэу псэурт. Зэми зэщыхьэжырти, къулейсыз зэрыгъэхъурт, ихъуреягъкIэ щыIэ я бийхэми тегушхуэгъуафIэ къащIырт.
Псом хуэмыдэу адыгэхэм я Iуэхур дыкъуакъуэ ищIырт абыхэм я ныкъуэр Тыркумрэ абы и гъусэ КърымымкIэ, адрейхэр УрысеймкIэ еплъэкIыу зэпеIэ гупитIу гуэша зэрыхъум. Ауэ Къэбэрдейм къахэкIырт и щхьэр зыми хуимыгъэщхъыу хэкур езым и унафэкIэ псэужыным, щхьэхуитыныгъэм зи псэр пэзыгъэтIылъ цIыху лъэщхэр.
ХьэтIохъущокъуэ Кургъуокъуэ шыIэныгъэри, лIыгъэри, акъылри, Iэмалри зэуIу зыщIыфа икIи ардыдэмкIэ хэкур бий шынагъуэм къезыгъэлыфа пщы губзыгъэщ. Абы и Iуэхум Нэгумэ Шорэ зэрытетхыхьымрэ Зеикъуэ лIыжьхэр тепсэлъыхьыжу зэрызэхэсхамрэ куэдкIэ зэщхьэщымыкIыу зэтохуэ.
Адэ нэхъ пасэм щыгъуэ, Урысейм апхуэдэ къару щимыIам, адыгэ хэкур Iисраф зэтезыщIэу щытар кърым тэтэрхэрщ. Тырку къэралыгъуэ абрагъуэр сыт щыгъуи зи дэIэпыкъуэгъу кърым хъанхэр дзэшхуэкIэ къатеуэрт адыгэхэм. Псом хуэмыдэу ахэр нэхъыбэу зыхуэлъэр Къэбэрдейрт. Хэку къулейр яхъунщIэрти, мылъкушхуэ ирахырт. ЛIыгъэ зиIэ ди лъэпкъым и цIыхухэр гъэру яшэрти, зауэлI лъэщ зэрыхъум папщIэ, лъапIэу тырку бэзэрхэм щащэрт. Къэбэрдей пщащэ куэдым я дахагъэм къапигъаплъэр хамэ щIыпIэмрэ тырку уэншэкухэмрэт.
Къэбэрдеипщхэр зэмызэгъыж хъуауэ, пщы и пщыж фIэпщ хъуну лIыгъэрэ зэфIэкIрэ зиIэ яхэмытыжу хъыбар зыIэрыхьа кърым хъаныр, тырку сулътIаным дзэ къыIырихщ, езым ейри щIигъужри, Къэбэрдейм къытеуащ. Абы пэува зауэлIхэм хэщIыныгъэ ягъуэтауэ къикIуэтын хуей хъуащ. Ауэ бийм пэувыну къару нэхъыщхьэр щызэхуашэсар Бахъсэн аузырт. БжыгъэкIэ хуабжьу къекуэдэкI кърымыдзэм лIыгъэ хэлъу езэуащ ахэр, арщхьэкIэ мащIэр куэдым пэлъэщакъым. Бахъсэн аузым щекIуэкIа а зауэ гуащIэм адыгэ зауэлI куэд хэкIуэдащ, къэнар бийм и дзэ фIыцIэм пэщIэтыфакъым.
Къэбэрдейм тепщэ щыхъуа кърым хъаным муслъымэн диныр адыгэхэм залымыгъэкIэ къаригъащтэу щIидзащ, динзехьэ щоджэнхэр гущIэгъуншэу зэтриукIащ, яIэщIэкIар мэзым щIэлъэдэжащ, кIуэдыжыпIэ яхуэхъуа къырым ихьэжащ.
Хъаным къыпэув щымыIэжу зыхуейр ищIэрт. Унагъуэ къэс цIыхуиплI хуэзэу и дзэр ятригуэшащ, лIыри шыри ягъэшхэну. Пщыхэм я бын зыбжанэ анэмэту яIихащ, илъэсым хуэзэу цIыхуи 120-рэ иратыну къахуигъэуври. Ахэр зэфIигъэкIщ, мылъкур куэду зэщIикъуэщ, ятриха цIыхур гъусэ ищIри хъаныр кIуэжащ, ауэ дзэмрэ абы и пашэу Бахъсэн псыхъуэ дэс пашамрэ къигъэнащ.
Кърымыдзэр фыщIэу, зауэу Къэбэрдейм и гущIыIу илъэс зыбгъупщIым нэс итауэ жаIэж. Уеблэмэ абы и лъэужьыр, я шы IыгъыпIэхэр зылъэгъуа нэхъыжьхэм яIуэтэжырт. Хъаным и унафэр фIэмэщIэжу, пашам ар нэхъри игъэбагъуэрт. ХъаныщIэ увыху щIалэщIэу щищ хурагъэшэн хуейт, а бжыгъэм зэпымычу хэхъуэрт.
Яхуэмыхьыж залымыгъэм зи дзэр хуэзылъ адыгэпщхэр къуагъым нэхъ къыкъуэкI хъуащ. Абыхэм къахэжаныкIат акъылрэ къарурэ бгъэдэлъу къызэфIэува ХьэтIохъущокъуэ Кургъуокъуэ.
Апхуэдэу, кърымыдзэр Къэбэрдейм и гущIыIум иту, адыгэ лъэпкъ пагэр игъэпудын папщIэ лъэкI псори ищIэу здекIуэкIым, хъыбар мыфэмыц къэIуащ. Адыгэпщ Заурбэч и щхьэгъусэм кърым пашар пыщIа хъуауэ яIуатэрт. Пэжи пцIыи? Хэт ищIэн а псор? Арати, Заурбэчым Беслъэней щIыналъэм дзэпщу щыIэ пашар иукIри, зэрыхуамыгъэгъунур къыгурыIуагъэнти, Хьэжрэтым щтапIэ кIуэжащ. А хъыбарыр кърым хъаным деж щынэсым, лъы зыщIэжын дзэ къигъэкIуащ. Абы унафэ пыухыкIа иIэт: е Заурбэчым и щхьэр шэсыпIэ иралъхьэн, ар ямыдэмэ, лъэпкъыр щысхьырабгъу имыIэу зэтеукIэн. Гузэвэгъуэм ирихулIа Беслъэнейм Заурбэчыр къалъыхъуэжри и атэлыкъыр лIыкIуэ xуaщIащ. Хъаным екIужыну, къыхуагъэгъуну гугъэ нэпцIкIэ кърашэлIэжа Заурбэч и щхьэр палъауи, хъаным деж Кърымым яшауи жаIэ. Абы и пэжыпIэр зыщIэр Алыхьырщ, ауэ хьэкъыр арти, цIыхубэм ятелъ хьэзабыр, хэхъуэ фIэкIа, зыкIи нэхъ мащIэ хъуакъым, гущIэгъуи щыIакъым.
Къэбэрдейм и гущIыIум ис кърымыдзэр, абыхэм я унафэщIхэр апхуэдизкIэ удэфат зыхуейр ящIэури, цIыхухэр гум щIащIэрт, езыхэр итIысхьэжырти, куэдщ жаIэху кърашэкIын хуейт. Абыи къыщымынэжу, кърымыдзэм и Iэтащхьэхэм напэншагъэшхуэ ялэжьырт. Абыхэм яIэт дыщэпс зытегъэжыхьа баш цIыкIухэр. ПщIантIэ гуэрым адыгэ хъыджэбз дахэ щалъэгъуамэ, дыхьэрти унэ блыным я башыр кIэрагъэувэрт. Абы къикIырт а башыр зей дзэ Iэтащхьэм и унафэншэу а унагъуэм я бжэр хуащIынуи Iуахынуи хуимыту. Езыр жэщым а унагъуэм къанэрти, зэхъуэпса хъыджэбзым ириджэгуу нэху щигъэщырт. Абы щыгъуэ мыр къэхъуауэ яIуэтэж:
«Зэгуэрым, нэхъ лъэпкъ цIэрыIуэхэу Тамбийхэрэ Къундетхэрэ ящыщ щIалитI блэкIыу, ху щIэзыгъэпщу пщIантIэм дэт цIыхубзыр щалъагъум жаIащ:
- Сыту жьырытэдж мы цIыхубз дахэр, лэжьыгъэми хуабжьу хуэжыджэр хуэдэ, - и пащIэкIэ щIэгуфIыкIащ зы шур.
- Ныжэбэ кърым зауэлIхэм гукъыдэж къратауэ къыщIэкIынщ, - пищэжащ адрейм.
Абыхэм я псалъэр зэхихыу зигу ежэлIа цIыхубзри и жэуапым щысхьыжакъым:
- Телъыджэ жывоIэри! Фэ фхуэдэ шынэкъэрабгъэхэр щыпсэу ди зэманырщ апхуэдэ къыщыхъункIэ хъунур. Ныжэбэ кIуам ахэр сэ сщIыгъуащ. Ар фIыми Iейми зэфIэкIащ. Ауэ кърым зауэлIхэр пщэдей жэщ фи фызхэм я гупэ хэлъынущ. АтIэ фэ фылIрэ фымыкъэрабгъэмэ, фи унэ щIэс фи щхьэгъусэхэр абыхэм ящыфхъумэф. Армырмэ, фи пыIэр щхьэрыфхи ди IэлъэщIхэр зытефлъхьэ.
- Уащхъуэ мыващхъуэ кIанэ, ар къэдмыгъэхъун, - яхуэфащэу кърадзыжа жэуап гуащIэм къигъэлыба шууитIым тхьэ яIуащ. - Иджыпсту ХьэтIохъущокъуэм деж дыкIуэнщ. Абы унафэ ирещI, армырмэ, езыр дыукIынщи дэ кърымыдзэм дезэуэнщ.
Хэкум къытепсыха гузэвэгъуэмрэ цIыхум къалъыс пудыгъэмрэ зэхилъхьэжри, Къэбэрдейм и пщы нэхъыжь ХьэтIохъущокъуэ Кургъуокъуэ кърымыдзэм и Iэтащхьэ пашам деж кIуащ лъэIукIэ, гущIэгъу къытхуэщIи ттелъ гугъуехьыр тIэкIу тхуэгъэщабэ, жери.
Бахъсэн ауз зэщIэгъэгъар а махуэм псэхупIэ ищIауэ, пашар удзыпцIэ дахэм хэст, жаIэ, щIакIуэ хуаубгъуауэ, дуней фIыгъуэр къегъэтIылъэкIауэ. Фо махъсымэр и фадэ пIащIэт, адыгэ мэл фIыцIэр и хьэщIэнышт. ЖаIэрт, дзажэналъэ кIэщIыр зыхэлъ дзажэкIэр IэфI къыIурыхъуауэ, игу къихьэху къэс а зы лы Iыхьэм щхьэкIэ мэл хуаукIыу щытауэ. Пашар уэршэру щыст, лулэ кIыхькIэ тутыныр щIишу. И блыгущIэтхэр ихъуреягъкIэ къетIысэкIат, и щхьэхъумэ пащIэкъ абрагъуэжьхэр, джатэ Iэпщэр якъузу, и бгъуитIымкIэ къыщхьэщытт. Зи Iуфэ Iyc Бахъсэн уэрыжьыр губжьауэ нэпкъым езауэрт, уэгу къабзэм ит бгъэжь закъуэр, къэхъуну гуэрым пэплъэ пфIэщIу, цIыхухэм къахэплъэрт.
Къэбэрдейм я пщы пажэ ХьэтIохъущокъуэ Кургъуокъуэ адыгэ хабзэм къигъэув нэмысыр иIыгъыу гупым яхыхьэщ, кърым пашам и пащхьэ иувэри, и лъэпкъым гущIэгъу къыхуищIыну елъэIуащ.
Хамэ хэкум тепщэ хуэхъуа паша удэфам адыгэпщ уэлийм кърипэса пудыгъэр «Кхъуэр зыщышынэн щымыIэмэ, Iуащхьэм докI» жызыIэ адыгэ псалъэжьым хуэпшэнуи щабэIуэт.
Щхьэщэ къыхуищIу пыIэщхьэрыхкIэ къелъэIуа Кургъуокъуэ и щхьэфэ пцIанэм теуIуэурэ, пашам и лулэм илъ тутын сахуэ пщтырыр къытригъэщэщащ:
- Мис аращ си гущIэгъур, адыгэпщ. Зэгъэзэгъ ар. Уви уи пIэм уимыкIыу щыт, куэдщ жысIэху.
Пашам махъсымэ фалъэшхуэр IитIкIэ иубыдауэ мыпIащIэу зэIурибзаеурэ иреф. Кургъуокъуэ зыри жимыIэу щытщ, сахуэ пщтырым и щхьэфэр трисыкIыу.
Хэт ищIэн лулэмкIэ теухьурэ сахуэ пщтырыр зытригъэщэща щхьэ пцIанэр зыфIэт адыгэлIым а дакъикъэм и псэм игъэвамрэ и гум зэригъэзэхуа псомрэ. Ауэ сэ къысфIощI а щхьэ пцIанэм илъа акъылышхуэм мыпхуэдэ гупсысэ налъэ гуэрхэри хэлъауэ: «Сэ сыщIэпщри, сыщIэадыгэри, сыщIэцIыхури нобэ хуэдэ зы махуэщ. Сэ, тхьэм гъэунэхупIэ ин сригъэхуауэ, сызыхэдэнури сегъэлъагъури къыхэсхынуми сыхегъадэ. Дэра нэхъыфIу слъагъур? Пашам и лулэм къищэща тутын сахуэ мафIэм къиса си щхьэра хьэмэрэ а щхьэм илъ акъылыр зыхуэзгъэлэжьэн хуей си лъэпкъыра? Джатэм сепхъуэмэ, къыщIисхми сынамыгъэсу, и хъумакIуэхэм саубыд. ЛIы пхъашэ къилъыгъуафIэ къызэрыгуэкI къудейуэ сыкъыщIокIри, иджыпсту си щхьэр хызолъхьэ. АдэкIэ кърым пашари и дзэри хуит хъуащи, си Къэбэрдейм нэхъри теуджыхьынщ. Арауэ къыщIэкIынщ лулэм щIэф си бийри зэщэр. Дауэ сщIыну? Си напэр мэс, си гур къресыкI, ауэ сыщIэпсэу, сыкъыщIигъэщIа икIи сызипщ си лъэпкъым пэзгъэтIылъа псэм мы пудыгъэр игъэвын хуейуэ тхьэм Iэмыр къысщищIа сфIощI. Ар слъэмыкIмэ, си щхьэм кърапэсар си лъэпкъми къылъысынущ: ди къуажэхэр ягъэсынущ, ди цIыхухэр яукIынущ, ди щIалэ хахуэхэр пхауэ, ди пщащэ дахэхэр пыхьэу гъэру шыбгъэкIэ Кърымым яхунущ... «ЩхьэкIуэ зышэч щхьэ шхыгъуэ йохуэ» жызыIар си адыгэ лъэпкъырщ. Нобэ сшэчынщ, пщэдей лъыщIэжщ. Куэдыр куэду лIэнщ, мащIэр мащIэу лIэнщ. «Джатэм и щIагъ нанэ щыIэкъым».
Махъсымэ фалъэшхуэр и кIэм нэс ирифри, пашар къэпсэлъащ:
- Куэдщ иджы узэрыщытар. Уигу ирихьакъэ си гущIэгъур?
ЗишыIэфащ абдежми Кургъуокъуэ. Уеблэмэ къриха лейм езыри арэзы техъуэжауэ зыкъыфIигъэщIа мыхъумэ, зыкъримыгъащIэу къэшэсыжащ.
Нэмыси лIыгъи зыхэмылъ, хабзи цIыхугъи зымыщIэ кърым паша удэфам а лейр зрихар хэт жыпIэмэ, кърым хъанхэми, нэгъуэщI бийхэми я пэр Iэджэрэ щIым яхущызыхуа ХьэтIохъущокъуэ ХьэтIохъущыкъуэ пщы ябгэм и къуэ, «Къазий и Къэбэрдей» жезыгъэIа пщы уэлий цIэрыIуэ Къазий и къуэрылъху ХьэтIохъущокъуэ Кургъуокъуэт.
Дауи, и щхьэфэ пцIанэр тезысыкIа мафIэм нэхърэ нэхъ гуащIэт абы и гу пщтырыр а дакъикъэм къизысыкIар. Ауэ Кургъуокъуэ пщы къудейтэкъым, атIэ икIи адыгэлIт. И щхьэм и уасэри, и псэм и лъапIагъри ищIэжырт. ИтIани уасэ зимыIэжу псоми нэхърэ нэхъ лъапIэ зэрыщыIэри ищIэжырт абы. Ар и адыгэ лъэпкъырт, и Къэбэрдей хэкурт. Пщыр джатэм епхъуамэ, гъэбзэкIэ ищIэрти, зыгуэри лъэкIынт. Ауэ ар зэрыхъур «зыгуэр» къудейт. Абы цIыхупсэу ихьынумрэ лъэпкъым фIэкIуэдынумрэ «зыгуэр» куэдкIэ къыпхуэбжынутэкъым.
И цIыхухэм къахыхьэжа нэужь, Кургъуокъуэ икIэщIыпIэкIэ шу игъэшэсри, Къэбэрдейм пщырэ уэркъыу исыр махуэл имыIэу зэхуишэсащ. Яхэувэри къэхъуар, къращIар яжриIащ, и мурадри яхуиIуэтащ: щхьэж и къуажэ фызэбгрокIыж, цIыхум хъыбар явогъащIэри, щхьэж и «хьэщIэ» иукIыжауэ нэху къывогъэкI. Унафэр хэку унафэщ, - зымыгъэзащIэм хэку тезыри ихьынщ. Кургъуокъуэ и псалъэр къабыл ящыхъури псоми къызэдащтащ икIи зэдэууэ ягъэзэщIащ. Кърымыдзэм щыщу зыри псэууэ нэху кърагъэкIакъым. Адыгэ щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ илъэс къэс кърымым яхуу куэдрэ къекIуэкIа хабзэ мыхъумыщIэр абдеж гъэкIуэда щыхъуащ.
А хъыбарым щымыгъуазэу зигу зыгъэфIу тахътэм ис Кърым хъаным къыкIэлъыкIуэ гъэм Къэбэрдейм къиутIыпщащ тезыру къатрилъхьа мылъкумрэ цIыхумрэ хуэзышэн хуей и фыщIакIуэхэр. Абыхэм къэхъуар гъуэгукум къыщащIэри ягъэзэжащ. Хъаныр губжьащ, къэхъуамкIэ тырку сулътIаным хъыбар иригъэщIащ. ИлъэситI-щы нэхъ дэмыкIыу, сулътIаным Кърым хъаным дзэшхуэ къыхуигъэкIуащ Алэгъуэт пашам и унафэм щIэту. Хъаным езым и дзэри абы гъусэ хуищIыжри, Къэбэрдейр къизэуну къиутIыпщащ. Кърымыдзэм и паша хъан Къаплъэн-Джэрий Къэбэрдейм гужьгъэжь къыхуиIэу и дзэр къыхуилъырт. МафIэрэ джатэкIэ ди хэкур пщылIыпIэм иригъэувэну, гъэррэ мылъкуу иришри куэдкIэ нэхъыбэ ищIыну и мурадт, псэ гъэнынрэ лъы гъэжэнкIэ цIэрыIуэ хъуа цIыху гущIэгъуншэт.
Хъанымрэ сулътIанымрэ я дзэр, япэм хуэмыдэжу, иджы сыт и лъэныкъуэкIи хуэщIат, псэ зэрагъэн IэщэкIэ къулейт, псэ зэратхьэкъу «Iэщэу» дин лэжьакIуэхэри куэду я гъусэт. Къэбэрдейм къыздэкIуэм, дзэм адрей адыгэ щIыналъэхэри яхъунщIэрт, быдапIэхэр, дин IуэхущIапIэхэр яухуэрт.
Кърымыдзэр гува-щIэхами зэ ялъ ящIэжыну къызэрежьэнур къызыгурыIуэ Къэбэрдей хэкури а илъэситI-щым бэлэрыгъауэ щысакъым. ХьэтIохъущокъуэ Кургъуокъуэ и унафэм щIэту абыхэми бийм IущIэным зыхуагъэхьэзыращ. Ауэ, сыт хуэдэу щымытми, Тырку къэралыгъуэшхуэмрэ Урысей псом пэщIэтыфу а зэманым лъэщу щыта Кърымымрэ я дзэшхуэ зэгуэтым япэувын папщIэ Къэбэрдей тIэкIур мащIэт. МащIэми гуащIэт, къикIуэт иIэтэкъым, щхьэхуитыныгъэм псэр пигъэтIылъырт.
Кърымыдзэр Псыжь лъэныкъуэмкIэ къэсауэ щызэхахым, адыгэхэм лIыжь-фызыжьхэр, цIыхубзхэмрэ сабийхэмрэ бгы быдэ езэгъыгъуейхэм, Афэбг хуэдэ быдапIэхэм ягъэIэпхъуащ, я мылъкур ягъэпщкIуащ, къагъэзэжмэ япэ зэпхъуэну ху Iуащхьэхэр гъэпщкIуауэ щIатIэри дамыгъэ тращIэжащ.
А лъэхъэнэхэр ару къыщIэкIынт щагъэпщкIуар, революцэм и ужькIэ (1921 - 1922 гъэхэм) щыIа гъеишхуэм щыгъуэ апхуэдэ ху Iуащхьэ Бахъсэн аузым къыщыщIахыжу ХьэтIохъущыкъуейр гузэвэгъуэм къызэрыхихам и хъыбар яIуэтэжу сэ зэхэсхащ. Ху Iуащхьэр къызэрагъуэтари си адэшхуэм и ныбжь, сэ фIыуэ сщIэж Къаскъул ТIэиб и анэ илъэсищэм щIигъуа фызыжьым шэхудэм кIуэцIылъу ихъумауэ къызыкъуихыжа тхылъымпIэ напэм кърагъуэта дамыгъэрт.
АтIэ дыкъызыхэкIа хъыбарым пытщэжынщи, адыгэхэр хьэзыру зыпэплъэ кърымыдзэр Къэбэрдейм и гъунапкъэм къекIуэлIащ. Ди зауэлIхэр абы Урды ауз быдэм зэрыщыпежьар хъаным къищIэщ, езыр КъэнжалышхуэкIэ къекIуалIэри абдеж щитIысыкIащ. Мо гъуни нэзи зимыIэжу къыпфIэщIу зызыукъуэдия адыгэщI хъупIэшхуэр биидзэ фIыцIэм иуфэбгъуат, зауэкIэ упэувын дэнэ къэна, уахэплъэн къудейуэ шынагъуэу.
Кургъуокъуэпщым зэчэнджэщын нэхъыжь губзыгъэхэр иIэти, абыхэм я псалъэ Iущхэми едэIуащ, езым и гукъэкIхэри абы хилъхьэжри, япэми хуэдэу, мурад гуэрхэр ищIат, ауэ ар зэкIэ къызыкъуихыртэкъым. Апхуэдэу здэщытым, цIыхум фIы ищIауэ кIуэдыркъым жаIэ, Кургъуокъуэ деж щыIа икIи гуапэу зыхущыта тэтэр гуэр биидзэм хэтти, щэхуу къакIуэри пщым хъыбар къригъэщIащ: хъаным и мурадщ, фэ пщэдей жэщ фытемыуэмэ, къыкIэлъыкIуэ жэщым езыр къыфтеуэну.
Кургъуокъуэ зэжьэр апхуэдэ гуэр хъунти, щэхуу ихъумэ и мурад щIар гъэзэщIэн щIидзащ. Унафэ ищIри псынщIэу шыд щищ къызэхуригъэхусащ. Дэтхэнэми хуэзэу мэкъу IэплIакIуэ тIурытI быдэу кIэригъэпхащ. КIыфI хъуа нэужь шыдхэр ирахужьэри, бийм и тIысыпIэм щэхуу екIуэлIащ. Абы я ужь итт щIыр мыхъеяуэ къэмыскIэн жыхуаIэм хуэдэу къыхахауэ адыгэлI шуудзэ, абы я лъабжьэмрэ я джатэмрэ къаIэщIэкIыр изыщIыкIын лъэсыдзэ. Адыгэ мащIэм къракуфыну зи пщIыхьэпIэ къэмыкI, зи къарум къигъэгугъэ биидзэр ефэ-ешхэу жэщыбг хъуху зэхэсри укIуриижауэ жей куум хэтт, яшхэр яутIыпщауэ хъуакIуэу губгъуэм итт. Абы ирихьэлIэу гъунэгъуу ирахулIа шыдхэм якIэрыпха мэкъу IэплIэ тIурытIым ящыщу зырызым мафIэ щIадзэ (зыр исын щиухым деж мафIэм адрейм зридзын хуэдэу) икIи бэлэрыгъауэ жей кърымыдзэм хаутIыпщхьэ. МафIэм игъэгузавэ шыдхэр щхьэфэцыр яIэту шынагъуэу кIийуэ, лыгъэр къапылъэлъу зыхэлъэда тыркухэмрэ тэтэрхэмрэ къэхъуар къахуэмыщIэу езыр-езыру зэрыупщIэтэжырт, яш, я Iэщэ-фащэ ямыгъуэтыжу, делэм хуэдэу гъуахъуэу къажыхьырт. Хьэзыру щыт адыгэдзэр нэхущым ирихьэлIэу джатэ къихакIэ бийм ебгъэрыкIуэри хьэлэч зэтращIащ.
Биидзэм щыщу укIыгъэрэ уIэгъэу губгъуэм къинам щIыгур ясеят, кърым хъан зыбжанэми я щхьэр халъхьат, зауэлI гъэрхэр, Iэщэ-фащэр, шыхэр куэду къаIэрыхьат. Къэна биидзэр, я псэр яхьыжу, щIэпхъуэжащ. Ер зигу илъу ди щIыгум къихьа хъан Къаплъэн-Джэрий и блыгущIэт гуп и гъусэу и псэр ихьыжащ, и дзэшхуэри зыщIэхъуэпса щIыхь инри фIэкIуэдауэ, и напэр текIауэ.
Тыркум къикIа дзэм и пашэу къэкIуа Алэгъуэт паша гъумыщIэм и щхьэхъумэхэр зэтраукIэри, езыри дагъэкIуэну щрахужьэм, бгым щыхуащ. Ауэ лъэгум нэмысу бгыкум кIэрыт жыгыжьым и къуда-мэм фIэнэри, щIылъэм нэмысу абы фIэлIыхьащ. А бгым адыгэхэм «Алэгъуэт гъум и щыхупIэ» фIащыжащ. ХьэтIохъущыкъуейм щыщ нэхъыжьхэм а щIыпIэр ноби ягъэгъуащэркъым.
ИужькIэ кърым хъанхэм Къэбэрдейр апхуэдэу тегушхуэгъуафIэ къащIыжакъым. ТекIуэныгъэр къэзыхьа лъэпкъым и пщы пэрыт, лIыгъэрэ акъылкIэ, абы ящIыгъужу бэшэчагъкIи Тхьэр зыхуэупса ХьэтIохъущокъуэ Кургъуокъуэ и цIэр мыкIуэдыжыну адыгэ тхыдэм къыхэнащ.
Къэнжал зауэ. Сурэтыр КIыщ Мухьэдин ищIащ.
ХьэтIохъущокъуэ Кургъуокъуэ и фэеплъыр зыщIар КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI СэвкIуий Хьэмидщ. 2008 гъэ
КЪЭРМОКЪУЭ Мухьэмэд, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "322.txt"
} |
Адыгейм и вагъуэ
Адыгэ тхакIуэ, усакIуэ щэджащэ, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ МэшбащIэ Исхьэкъ и къалэмыпэм къыщIэкIащ тхыгъэ купщIафIэ куэд - усыгъэ телъыджэхэр, роман гъуэзэджэхэр, ахэр Адыгейм и литературэм и лъагапIэ хъуащ, ди лъэпкъым и цIэмрэ и пщIэмрэ жыжьэ щагъэIуащ.
Исхьэкъ и усыгъэхэр гъэнщIащ гъащIэм и пэжыпIэкIэ, уи акъылыр зыгъэлажьэ, гукъыдэжрэ дэрэжэгъуэрэ къозыт гупсысэ жанхэмкIэ. ТхакIуэм и романхэм лъабжьэ яхуэхъуар адыгэ тхыдэрщ - пасэрей адыгэ дзэпщ Ридадэ деж къыщыщIэдзауэ XIX лIэщIыгъуэм къэс.
МэшбащIэ Исхьэкъ Шумахуэ и къуэр Краснодар щiыналъэм хыхьэ Щхьэщэхуж къуажэм 1930 гъэм накъыгъэ мазэм и 28-м къыщалъхуащ. 1951 гъэм Адыгей педучилищэр, 1956 гъэм Москва дэт Литературэ институтыр къиухащ, КПСС-м и ЦК-м деж щыIэ Парт школ нэхъыщхьэм щеджащ, «Социалистическэ Адыгей» газетым щылэжьащ. 1962 гъэ лъандэрэ МэшбащIэ Исхьэкъ Адыгейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэщ, ди къуэш республикэм къыщыдэкI литературэ журналхэм я редактор нэхъыщхьэщ; депутатхэм я Адыгей, Краснодар Советхэм, СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм хэтащ. Урысей Федерацэм и Жылагъуэ палатэм щолажьэ.
МэшбащIэ Исхьэкъ и тхыгъэхэр щызэхуэхьэсауэ дунейм къытехьащ тхылъищэм щIигъуу, абыхэм ящыщ куэд нэгъуэщI лъэпкъхэм я бзэхэмкIэ зэрадзэкIащ. ЦIэрыIуэ дыдэ хъуащ Исхьэкъ и романхэр - «Щэрэ езанэ щхьэдэхыпIэ», «Ягъеяхэм пэплъэжыркъым», «Щхьэл мывэ», «ГъэритI», «Ридадэ», «Адыгэхэр», «Хъан-Джэрий», «КъуэкIыпIэмрэ КъухьэпIэмрэ», «ТIасхъэщIэх», «Лъы гъуэгу» нэгъуэщIхэри.
ТхакIуэ цIэрыIуэм къратащ СССР-м, РСФСР-м, Адыгейм я Къэрал саугъэтхэр, Шолохов Михаил и цIэр зезыхьэ, Дунейпсо Адыгэ Хасэм я саугъэтхэр.
МэшбащIэ Исхьэкъ Адыгейми, Къэбэрдей-Балъкъэрми, Къэрэшей-Шэрджэсми я цIыхубэ тхакIуэщ, «Хэкум и пащхьэм щиIэ фIыщIэм папщIэ» орденым и II, III, IV нагъыщэхэр къыхуагъэфэщащ. МэшбащIэ Исхьэкъ Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм и Iэтащхьэхэм ящыщщ, ЩIДАА-м, Абхъазым ЩIэныгъэхэмкIэ и академием хэтщ.
КЪЭРМОКЪУЭ Хьэмид.
Си адыгэбзэ - си анэдэлъхубзэ
Зыгуэрхэм куэдрэ, къеджэу уазым,
Ирагъэщхьыф анэдэлъхубзэр
ЯупIэщIыжакIэ гъуаплъэ щайм,
Щысхьыншэу игъукIыж псыкъуийм,
УкъытекIыжмэ бэзэрым,
Уимыхьыфыну жыжьэ дыдэ
ЖаIэф, я напIэри мыхуадэу,
Уагъэкъуэншэжу, яхуумыдэм.
Си адыгэщIу, сыщалъхуа щIыналъэ,
КъысIурыплъхьащи уи бзэр си пшыналъэу:
СедэIуэфынущ бзур зэрыбзэрабзэм,
Макъамэр зэригъэIум акъужь къабзэм,
Гуапагъэу гъащIэм щызыхэсщIэ псор,
КъызэрысщIэр къысIурыплъхьа бзэрщ.
Вагъэбдзумэр щызохьыр адэжьхэм я хьэсэм,
ЩIыгулъ пшэрым псалъэ жылэхэр хэссэу.
Псалъэм псалъэр пызгъэувэжрэ - сатырхэр
Зэхэслъхьэжу адыгэбзэ усэу.
Адыгэхэр
Адыгэ щIыналъэм адыгэр щопсэу,
ШэрджэскIэ къеджэу мы дуней псор,
ЩыгуфIыкIыу дыгъэм, уэшхым пэплъэу гъатхэм,
Щопсэу адыгэр я адыгэ лъахэм.
Сыт уэ хэпщIыкIыр абыхэм я гъащIэм,
Я уэрэдым, пшыналъэм, я гъыбзэу
къиIукIым гу лъащIэм?
Сабий цIыкIу къыдалъхуамэ, хьэблэм,
Жыг хухасэу мэгуфIэ зэрыжылэу,
Фочауэ макъкIэ щагъэIур дунейм -
Ди хэкум нобэ къыщалъхуащ сабий.
Адыгэ щIыналъэщ адыгэр щыпсэур,
ШэрджэскIэ къеджэу мы дуней псор.
ЦIыхугъэм и хьэтыркIэ худачых залымым,
Пагагъэр хэту я лъым, къэрабгъэр я Iумпэму,
Гум и Iущыгъэр, псалъэм и быдагъэр
Мы дунеишхуэм къабгъэдилъхьа тыгъэщ.
Уэзгъэлъэгъуарэт ахэм я къэфэкIэр,
УезгъэдэIуарэт я уэрэд жыIэкIэм,
ХьэгъуэлIыгъуэм щызэхашэ джэгум,
Адыгэшыр зэрыщагъэджэгур!
Зэманыжь бзаджэ блэкIам и щэхухэр
Ноби зыхъумэ къамэ Iэпщэхухэм,
Топауэ макъым щIыр игъэзджызджу,
Зэрыщытар къатощыжыр гъуджэу.
Куэд щIауэ гынымэм и гъуэзыр
Къыщхьэщыхьэжкъым аузым,
Щыфиижкъым топышэр губгъуэм,
Къашэм нысащIэ, хъыбарегъащIэу,
Фочхэр щагъауэр я хьэгъуэлIыгъуэрщ.
Адыгэ щIыналъэм адыгэр щопсэу,
ШэрджэскIэ къеджэу мы дуней псор.
ЩыгуфIыкIыу дыгъэм, пэплъэу уэшх Iумахуэ,
ЩIэблэр япIыр, трашэ гъуэгу махуэ!
Удж
Пшынауэр поплъэ хьэтиякIуэм жиIэнум,
Уджыр щришэжьэнум и пшынэм.
Хьэщыкъ зэхуэхъуахэм я IутIыжыгъуэщ
Нэхущыр. Удж епшэжьэну игъуэщ.
ИрешэкIыр щауэм пщащэр,
Iэгур Iэгум еIущащэу.
Гухэр хъуами нэхъ пIейтей,
ТIури хуейкъым дэлэл лей.
Джэгум и кIэух къафэ уджым
Хьэщыкъхэр поплъэ мы жэщ телъыджэм.
НыбжьыщIитIым я пщэдей махуэр
Къигъэлъэгъуэнущ мы уджым нахуэу.
КъокIуэкI мы хабзэр игъащIэ лъандэрэ:
Я Iэхэр уджым щызэрыубыдрэ
ЩIалэ къуданхэм, тхьэрыкъуэ пщэхухэм
ЗэхуаIуатэу я мурад щэхухэр.
Поплъэ пшынауэр хьэтиякIуэм жиIэнум,
Щришэжьэнум уджыр и пшынэм.
Хьэщыкъ зэхуэхъуахэм я IутIыжыгъуэщ
Нэхущыр. Удж епшэжьэну игъуэщ.
Зелъатэ
Къыпхуеуэхэр Iэгум щIэбгъэплъу уи лъэгум,
ФIыуэ плъагъур къыдэпшамэ джэгум,
«Зелъатэ» къафэм къомэщIэкI утыкур.
Псалъэ хэмылъу,
Гухэм, зелъатэу,
Щэхуу яIыгъ псори зэхуаIуатэ.
Пщащэ IэлъэщI кIапэм
ЗэрымыщIэу лъэIэсамэ Iэпэр,
Ещхьу мафIэ дэпым
Къес IэлъэщIым Iэгур.
МафIэм илыпщIынущ зылъэIэсыр,
Гухэлъ пщтырым ныбжьыщIэгур есыр.
Нэхъри зэщIигъанэу мафIэ пщтырыр,
Щауэр джэгу утыкум щызолъатэ.
ТIури дыщымщ - аращ ди лъэпкъ хабзэр,
Гухэлъыр зыIуатэр лъагъуныгъэбзэрщ.
Псэ къэпIейтейхэр игъэхьэкъувэкъуу
«Зелъатэм» дызэпещIэ лэгъупыкъуу.
Гум лъагъуныгъэ мафIэ щIэмынамэ,
«Зелъатэ» укъэфэн пхулъэмыкIыну.
КъызэщIоплъэ нэхъри мафIэс гуапэр,
Къигъэлыдащи пщащэ IэлъэщI кIапэм.
Зелъатэ къафэм кърихьэкI гухэлъыр
Къыпхыхьамэ, упщIыIужкъым уи лъыр.
IэлъэщI кIапэм щIигъэна мафIэс,
А уи мафIэм куэдрэ сегъэс!
Пшынэ
ФыдыхьэшхынкIи хъунщ, ауану,
Ауэ си гум ирихьыр ди адыгэ пшынэрщ,
И макъамэ къызэрыгуэкIыр
Гугъущэ демыхьу зэригъэIу щIыкIэр.
ПщыкIутI къудейми зэрыхъур пшынэ Iэпэр,
ЯгъэIу пшыналъэр сытым хуэдэу гуапэ!
Пшынэ Iэпэм къыщIадзэм джэгуу,
НэхъыфI щыIэнуи къэкIкъым уи гум.
Уи рояли, уи пианини -
Зыми лъэкIынукъым, ещхьу пшынэм,
Гущэкъу уэрэдыр къригъэкIыну,
Си лъэпкъ макъамэр къысхуигъэIуну.
Дуней псом щагъэвухэр сыт зищIысыр,
Зи пэрмэныр абыхэм
кърагъэжэх щытхъупсыр?
Адыгэ пшынэм къыхилъхьауэ си лъым,
Хэтщ си лъынтхуэм адыгэ пшыналъэр.
БлокI илъэсхэр, гущIэм задигъазэу,
Ауэ зэманым иIэкъым къэгъазэ,
Си лъэпкъым и гур ноби кърегъауэ
Iэпэ пщыкIутIым ягъэIуа пшынауэм!
Сурэтым: «Хэкум и пащхьэм щиIэ фIыщIэм папщIэ» орденым и III нагъыщэр УФ-м и Президент Путин Владимир къыщрита махуэм. 2001 гъэ
Усэхэр къэбэрдей диалектым изыгъэзэгъар УЭРЭЗЕЙ Афликщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "323.txt"
} |
Дунейм щыхъыбархэр
Шэми ес, шхуми ес
Инджылызым и Парламентыр арэзы техъуащ я къэралыр Европэ Зэгухьэныгъэм (ЕС) къыщыхэкIыжыну пIалъэр ягъэIэпхъуэным. Иджыблагъэ ирагъэкIуэкIа зэIущIэм абы и телъхьэу Iэ щаIэтащ депутат 412-м, мыарэзыуэ - 202-м. Иджы а Iуэхум хэплъэн икIи унафэ пыухыкIа тращIыхьын хуейщ ЕС-м хыхьэ къэрал 27-м.
- А зэгухьэныгъэм хыхьэ къэралхэм дагурымыIуэфмэ, дызыхуейр къытхуамыдэмэ, Инджылызыр ЕС-м дыкъыхэкIыжауэ къалъытэнущ мы гъэм и гъатхэпэм и 29-м, Гринвич зэман къэбжыкIэмкIэ сыхьэт 23-рэ хъуа нэужь, - жиIащ а Iуэхур зи нэIэ щIэт министр Дэвис Дэвид.
Дызэрыщыгъуазэщи, 2016 гъэм мэкъуауэгъуэм и 23-м Инджылызым референдум щекIуэкIауэ щытащ, а зэгухьэныгъэм хэтын-хэмытыным теухуауэ. Абы щыгъуэ наIуэ къызэрыхъуамкIэ, инджылызхэм я процент 52-р хуейтэкъым Европэ Зэгухьэныгъэм хэтыну. ЦIыху куэдым апхуэдэ Iуэху еплъыкIэ зэраIэр къэрал унафэщIхэм ящIэми, оппозицэм къыхилъхьа жэрдэмыр апхуэдиз дыдэм дащтэну я гугъауэ къыщIэкIынукъым. Иджы, абы къыхэкIыжмэ, зыхэхуэну экономикэ, финанс гугъуехьхэр «ягъей» Инджылызым и унафэщIхэм. КъыхэмыкIыжыну яукъуэдийми, референдумым кърикIуахэр IэщIыб мэхъури, щытыкIэр нэхъ щIагъуэ хъунукъым. ЗэрыжаIэщи, шэми ес, шхуми ес.
ХуэдитIкIэ нэхъыбэ хъуащ Москва «къыдихьэххэр»
Гъэ кIуам турист мелуан 23,5-м Москва зыщаплъыхьащ, зыщагъэпсэхуащ. УнафэщIхэм къызэралъытэмкIэ, иужьрей илъэсым хэпщIыкIыу нэхъыбэ хъуащ къалащхьэм къыхуеблагъэ туристхэм я бжыгъэр - 2010 гъэм абы къыхуэкIуар зэрыхъур мелуан 12,8-рэт.
«Апхуэдиз цIыху ди къалэм зы жэщ-зы махуэкIэ нэхъ мыхъуми щыIащ, - жиIащ Москва и Iэтащхьэ Собянин Сергей. - Абы нэмыщI, нэху къыщемыкIами, цIыху мелуан 56-рэ ди къалащхьэм къыдыхьащ. Апхуэдэуи жармыкIэ, еплъыныгъэ, фестиваль, концерт зэмылIэужьыгъуэу ди деж щекIуэкIахэм зыкърагъэхьэлIащ мелуан 65-м».
Мы гъэм цIыху нэхъыбэж къахуэкIуэну поплъэ къалэм и унафэщIхэр, сыту жыпIэмэ, 2018 гъэм футболымкIэ чемпионатыр щыщекIуэкIам ди хьэщIахэм икъукIэ ягу ирихьащ ди зэхэтыкIэр икIи здэкIуэжахэм ди хъыбарыфI хуахьащ.
ЦIыхухэм нэхъ ягу ирихь щIыпIэхэу Москва иIэхэм ящыщу къалъытэ Кремлыр, Ут Плъыжьыр, МГУ-мрэ Воробьевы бгыхэмрэ, Третьяковым и галереер, Театр Иныр - кIэщIу жыпIэмэ, зыщуплъыхьын дахагъэ и куэдщ къалащхьэм.
Нобэ
♦Насыпым и дунейпсо махуэщ
♦ЩIым и дунейпсо махуэщ
♦Астрологием и дунейпсо махуэщ
♦Франкофонием (франджыбзэм щрипсалъэ щIыналъэхэм я зэгухьэныгъэм) и махуэщ. Абы хохьэ къэрал 56-рэ.
♦Социальнэ лэжьыгъэм и дунейпсо махуэщ
♦Лы мышхыным и дунейпсо махуэщ
♦Башкирием автономие щигъуэта махуэщ
♦Тунисым и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ
♦1535 гъэм Урысейм япэ дыдэу ахъшэ реформэ щрагъэкIуэкIащ.
♦1930 гъэм Москва авиационнэ институт (МАИ) къыщызэIуахащ.
♦1933 гъэм ВКП(б)-м и ЦК-м «Москва метрополитен щыухуэным теухуауэ» унафэр къищтащ.
♦1944 гъэм Дохъушыкъуей спирт заводым, зэрагъэпэщыжа нэужь, лажьэу щIидзэжащ.
♦1992 гъэм «Урысей Федерацэм и ЛIыхъужь» цIэмрэ «Дыщэ Вагъуэ» медалымрэ ягъэуващ.
♦1992 гъэм гъатхэпэм и 20 - 21-хэм Киев щызэхэтащ СНГ-м хыхьэ къэралхэм я унафэщIхэм я япэ зэIущIэр.
♦1910 гъэм къалъхуащ «ЩIыхь» орденым и нагъыщищри зыхуагъэфэща Мусэ Менлы.
♦1915 гъэм къалъхуащ урысей пианист, СССР-м и цIыхубэ артист, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Рихтер Святослав.
♦1922 гъэм къалъхуащ урысей искусствовед, академик, РСФСР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Антоновэ Иринэ.
♦1948 гъэм къалъхуащ урысей композитор-уэрэдус, уэрэджыIакIуэ, УФ-м и цIыхубэ артист Морозов Александр.
♦1960 гъэм къалъхуащ совет футболист, гъуащхьэтет, СССР-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер, 1988 гъэм екIуэкIа Олимп Джэгухэм я чемпион Прудников Алексей.
♦1967 гъэм къалъхуащ композитор, КъШР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Абдокъуэ Юрэ.
♦1968 гъэм къалъхуащ урысей актрисэ, теленэтынхэр езыгъэкIуэкI Стриженовэ Екатеринэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 10 - 12, жэщым градус 1 - 2 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
IэщIагъэ зиIэ Iэужь иIэщ.
Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "324.txt"
} |
ХьэщIэ гъэтIысыкIэ
Адыгэ хабзэ
ПщIэ зыхуэтщI «Адыгэ псалъэ» газетым и редакцэм и лэжьакIуэхэ! Фэ зыныфхуегъазэ Арщыдан къуажэм щыщ, илъэс 40 хъуауэ школым егъэджакIуэу щылажьэ Къущхьэ Мусэрбий. Си упщIэр зэтеухуар гуфIэгъуэ Iэнэм щекIуэкIын хуей хабзэрщ.
Ди адыгэ лъэпкъым нэхърэ нэхъ хабзэ дахэ къэзыгъэщIа, ар екIуу, тэмэму, псори къыдэхъуапсэу зезыхьэу щыта щыIэкъым. СыкъызыхэкIахэр къызощтэри, ди япэ ита нэхъыжьыфIхэм, хьэщIэхэр Iэнэм зэрагъэтIысым, абы кIэлъызэрахьэ хабзэхэм сакIэлъыплъу щытащ. Сыщхьэгъэрытынуи куэдрэ къысхуихуащ. Ди адэ Хьэбалэ мыгъуэр егъэлеяуэ хабзэщIэкъуу къэгъуэгурыкIуащ, гуфIэгъуэ Iэнэхэм я тхьэмадэу хузэфIэкIыху иригъэкIуэкIащ. Абы сэ сыт щыгъуи набдзэгубдзаплъэу сыкIэлъыплъащ икIи нэхъапэм хьэщIэхэр Iэнэм зэрагъэтIысу щытамрэ иджы зэращIымрэ зэщхьэщыкIыныгъэшхуэ яIэу солъагъури, пэжыр къытхутевдзэну сыныволъэIу. Сыхуейт адыгэ Iэнэм, хэгъэрей нэхъыжьым (Iэнэм и тхьэмадэм) хьэщIэхэр тэмэму зэригъэтIысын хуейр псоми ящIэну.
Мы си упщIэр узэригузэвэн Iуэхугъуэу къызолъытэ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, иужьрей зэманым къагупсыс (ирагъэкIуэкI) хабзэхэмрэ ди нэхъыжьыфIхэм зэрахьэу щытахэмрэ зэщхьэщыкI хъуащи, зэдауэ кIыхьхэр къашэ, хабзэр щызэблашыр нэхъыбэжщ. Сэ сыхуейщ Къэбэрдейм и жылагъуэ къэс ди хабзэр щызэтехуэу, ди ужь итхэм ар быдэу зыхалъхьэу, екIуу зэрахьэу, адыгэ лъэпкъыр ефIакIуэу псэуну. Абы щхьэкIэ псоми хабзэм и пэжыпIэр ящIэн хуейщ.
Мусэрбий къиIэта Iуэхугъуэр мыхьэнэшхуэ зиIэщ. Ижь-ижьыж лъандэрэ къыддэгъуэгурыкIуэ, дуней псом къикIа зыплъыхьакIуэхэм, гъунэгъу лъэпкъхэм яфIэтелъыджэу щыта адыгэ хабзэр къытщIэхъуэ щIэблэм я мызакъуэу, нобэ нэхъыжьыгъуэр къызылъысахэми ящIэн, ар тэмэму ягъэзэщIэн хуейщ. Армырамэ, щхьэж фIэфIыр хилъхьэмэ, къызэрыгурыIуэм хуэдэу зэблишмэ, абы зыри и мыхьэнэжкъым.
Адыгэ хабзэр къызэрекIуэкIар зэхуэхьэсыжынымрэ ар гъащIэм хэпщэжынымрэ и гуащIэ куэд хилъхьащ IуэрыIуатэдж, тхакIуэ цIэрыIуэ МафIэдз Сэрэбий. Абы теухуа лэжьыгъэ щхьэпэ зыбжани дунейм къытригъэхьащ. 1994 гъэм «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм МафIэдзым къыщыдигъэкIа, щIэупщIэшхуэ зэриIэм папщIэ иджыблагъэ зи куэдагъым хэпщIыкIыу хагъэхъуа «Адыгэ хабзэр» псынщIэ дыдэу зэбграхащ икIи унагъуэ, лъэпкъ куэдым хуэсакъыпэу зэрахьэ, абы итхэр щIэблэми балигъми зэрагъэзэщIэным хущIэкъуу, зэдауэ зэхэгъэкIыпIэу.
Къущхьэ Мусэрбий зыщIэупщIа Iуэхугъуэм теухуауэ абы и 166-нэ напэкIуэцIым итщ: «ХьэщIэхэр щагъэтIыскIэ бысымхэм я нэхъыжьым, Iэнэм и тхьэмадэм, и ижьырабгъум къихуэу хьэщIэхэм я нэхъыжьыр игъэтIысырт, абы бысым тхьэмадэм къыкIэлъыкIуэр къыбгъэдагъэтIысхьэжырт. Тхьэмадэм и сэмэгурабгъум хьэщIэ нэхъыжьым ныбжькIэ е хуэфащэ пщIэкIэ къыкIэлъыкIуэр ягъэтIысырт. Иджы зэрыхъур арат, бысым тхьэмадэр хьэщIитIым я зэхуаку дэсу, хьэщIэ нэхъыжьыр бысымитIым я зэхуаку дэсу. Мыдрейхэр щхьэж зэрыхуэфащэкIэ хэт жьантIэ лъэныкъуэмкIэ, хэти шхэфэгу лъэныкъуэмкIэ щетIысэкIхэрт. Ахэр зэлъытар гъуэгу къызэпачамрэ псыуэ къызэпаупщIамрэт. КъыщыкIуэм псы нэхъыбэ къикIар нэхъ хьэщIэ лъапIэу ягъэувырт адыгэхэм. КъинэмыщIауэ, Iуэхур щекIуэкI лъэпкъым я пхъурылъхухэм нэхъ жьантIэр лъагъэсырт, езы лъэпкъым щыщхэмрэ абы нэгъуэщI благъагъэкIэ къабгъэдыхьэхэмрэ нэхърэ а пхъурылъхур ныбжькIэ мыдрейхэм нэхърэ нэхъ щIалэми.
Iэнэ хъурейхэм къыпыкIыу Iэнэ кIыхьыр щагъэув щыхъуами, а тIысыкIэм зихъуэжакъым. Бысымым нэхъыжь Iэнэм и тхьэмадэм и ижьырабгъум хьэщIэ нэхъыжьыр егъэтIыс, абы хэгъэрей къыкIэлъыкIуэр бгъуротIысхьэж, хэгъэрей нэхъыжьым и сэмэгурабгъум хьэщIэхэм я нэхъыжьым къыкIэлъыкIуэр мэтIыс…».
Жыласэ Заурбэч.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "325.txt"
} |
Къуажэхэр зыхуей хуэгъэзапхъэщ
Бахъсэн щIыналъэ
Бахъсэн щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ Балъкъыз Артур иригъэкIуэкIащ зи чэзу зэIущIэ.
Къуажэ администрацэхэм я унафэщIхэр зрагъэблэгъа зэхуэсым щытепсэлъыхьащ куейм хиубыдэ жылэхэм я къэбзагъэм гулъытэ хуэщIын зэрыхуейм. Абы теухуауэ зэIущIэм къыщыпсэлъащ район администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Уэйт Анатолий. КъулыкъущIэм зэрыжиIамкIэ, щIышылэм и 1-м щыщIэдзауэ кIэрыхубжьэрыхухэр дэзышыр «Экологистикэ» ООО-ращ. ДэшыпщIэр яубзыхуащ, лэжьыгъэр зэтраублакIэщ. Арами, Уэйтым къыхигъэщащ цIыхухэм щIыпIэ-щIыпIэкIэ щызэтракIутэ куэншыб идзыпIэхэм я бжыгъэр нэхъ мащIэ зэрымыхъур.
- Псыхъуэхэр, кхъэхэр, гъуэгу Iуфэхэр, сату щIапIэхэр, уеблэмэ уэрамыщхьэхэр кIэрыхубжьэрыху идзыпIэ ящIыжащ цIыхухэм. Сыт хуэдизу дегугъуми, дапэлъэщыркъым, - жиIащ абы.
Уэйтым и псалъэхэм щыхьэт техъуэ сурэтхэмрэ видео теплъэгъуэхэмрэ къагъэнэхуа нэужь, Балъкъызым жиIащ икIэщIыпIэкIэ мы хьэдэгъуэдахэм и Iуэху зэрахуэну.
- КIэрыхубжьэрыхухэр щызэхуахьэс щIыпIэ хэхахэм я закъуэ мыхъуу, хабзэм къемызэгъыу адэкIэ-мыдэкIэ щызэтралъхьэхэри зыхуей хуэгъэзапхъэщ. КъищынэмыщIауэ, ди цIыхухэм быдэу епсэлъапхъэу къызолъытэ. КъагурыгъэIуэн хуейщ ар къызэремыкIур, узыншагъэмкIэ зэранышхуэ зэрыпылъыр. ЩIыуэпсым дыхуэмысакъмэ, къыдэфыкIыжынущ абы лей етхыр, - къыхигъэщащ Iэтащхьэм.
ЗэIущIэм щыжаIащ цIыхухэм я кIэрыхубжьэрыхухэр езыхэм дашыж мыхъуу, ар зи къалэн «Экологистикэм» къыхуэгъэнэн зэрыхуейр, хуэфэщэн пщIэ щIату.
Чылар Аринэ. Бахъсэн щIыналъэ администрацэм и пресс-IуэхущIапIэм и унафэщI.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "326.txt"
} |
Къанокъуэ Мэхъэшокъуэрэ Сулеймэн Телъыджэмрэ
1950 гъэм щегъэжьауэ зэфIэува совет тхыдэм къызэригъэлъагъуэмкIэ, адыгэпщхэу Мэхъэшокъуэрэ Елбэздыкъуэрэ 1552 гъэм лъэпкъыр кърым-тэтэрхэм кърагъэлыну лъаIуэу Мэзкуу зэрыкIуар урыс пащтыхьыгъуэм хуэгъэза япэ адыгэ дипломат гупыжщ. Щхьэусыгъуэ зэтемыхуэхэм къыхэкIыу, нэхъыбэм политикэм епхауэ, урыс-адыгэ зэхущытыкIэр нобэми пхэнжу къэзыгъэлъагъуэ тхыдэджхэр щыIэщ.
А зэманым зекIуэу щыта къэрал Iуэху зэфIэхыкIэм тепщIыхьмэ, абыхэм къыхалъхьэ «я гукъыдэжкIэ гухьэн», «хыхьэн», «политикэ-зауэ зэгухьэныгъэ» жыхуаIэ фIэщыгъэхэр а Iуэхум уритепсэлъыхьыну къезэгъыххэркъым. «ПщылIу къэщтэн» («взять в холопы») жыхуиIэ псалъэхэр къызэрыбгурыIуэн хуейр «дамэгъу щIын» («взять в подданство») мыхьэнэмкIэщ, армыхъумэ псалъэм къикI дыдэм тещIыхьауэкъым. Пасэрей урысыбзэм и псалъалъэм деплъмэ, долъагъу: «пщылIыгъэ» («холопство») - пIалъэкIэ къэщтэн; лэжьыгъэ, къулыкъу.
1552 гъэм Сулеймэн Телъыджэм и пащтыхь сэрейм къулыкъу щызыхь адыгэпщ Къанокъуэ Мэхъэшокъуэ Иван ЕплIанэ (Грознэм) и лъэныкъуэ къызэрищтар политикэ и щхьэусыгъуэкIэ щIэпхъуэжыныгъэ жыхуаIэм хуэдэщ, политикэ Iуэхум хэкIыжын жыхуаIэм и щапхъэу. Тхылъхэр сэбэп мэхъу а епцIыжыныгъэм щхьэусыгъуэ хуэхъуар къэтщIэну. Мэхъэшокъуэ и шыпхъу, Сулеймэн и япэ щхьэгъусэ Махидевран сулътIан гуащэр, пащтыхьым адрейхэм фIыуэ яхилъагъукIа Хурем (Роксоланэ) сулътIан гуащэм и хьэгъэщагъэхэм япкъ иткIэ IуагъэкIуэтри, иужькIэ щIыпIэ пхыдзам ирагъэшат. Абдеж щыщIэдзауэ Мэхъэшокъуэ Истамбыл щищIэн щыIэжтэкъым, и шыпхъум къыщхьэщыжу и пщIэр ихъумэжынуи зы Iэмал иIэтэкъым. Куэд дэмыкIыу, абы и шыпхъум и къуэ Мустэфа, илъэс 38-рэ ныбжьым ит, пащтыхь тахътэр зыпагъаплъэ щIалэр, къэралым епцIыжауэ ягъэIури, езы сулътIаным и унафэкIэ яукIащ. ХамэщIым щекIуэкI гъащIэр фIыкIэ иухыркъым. Сыт щыгъуи уи щхьэкIэ хэкIыпIэ къэбгъуэтын, уэр-уэру унафэ къэпщтэн хуей мэхъу. ИтIани, хабзэми дуней зэхэтыкIэми елъэпауэу Мэхъэшокъуэм ищIар Уэсмэн къэралыгъуэм, езы муслъымэн дунейм и хъалифу ялъытэ сулътIаным бзаджэу зэреныкъуэкъу Iуэхут.
ЩIэпхъуэжыныгъэм ипкъ иткIэ, Сулеймэныр лейзехьэт, Мэхъэшокъуэм лей къытехьэрт. ПщIэ зиIэ цIыху цIэрыIуэм зэрыхуэфащэу, пщыр Мэзкуу щрагъэблэгъащ. Урыс пащтыхьым хуэпэжыну тхьэ иIуэри, 1557 гъэм абы Иван цIэр зэрихьэу чыристан диныр къищтащ. Мэхъэшокъуи, абы и гъуса пщы-уэркъхэри урыс пащтыхьым «адыгэ пащтыхьхэмрэ пщыхэмрэ» къыхужаIэу ирагъэцIыхуащ. Уэсмэн сэрейм щиIа пщIэр зригъэгъуэтыжыныр зи мурад Мэхъэшокъуэр псынщIэ дыдэу урыс пащтыхьым и кIуэгъужэгъу, чэнджэщэгъу хъури, Тверь щIыналъэм щыщ щIышхуэхэр тыгъэу къыIэрыхьащ. «Иван-Магашук-князь Черкасский» - арат абы урысхэр къызэреджэр. 1552 - 1560 гъэхэм я зэхуакум ар урыс къулыкъум хуэпэжащ. Абы и къулыкъуращ щхьэусыгъуэ хуэхъуар Шэрджэсейм урысхэм я лъэныкъуэр зыIыгъ гуп къызэрыщыунэхуам. 1552 - 1559 гъэхэм я зэхуакум Шэрджэсейм икIыурэ лIыкIуэхэр Мэзкуу хэ зэрыкIуам теухуа хъыбар щыIэщ: 1552 гъэм и щэкIуэгъуэм; 1555 гъэм и шыщхьэуIум; 1557 гъэм и мэкъуауэгъуэм; 1557 гъэм и бадзэуэгъуэм; 1558 гъэм и жэпуэгъуэм; 1559 гъэм и фокIадэм. ЗекIуэхэм хэтахэм тэмакъкIыхьу уакIэлъыплъмэ, гугъукъым гу лъыптэну а ежьэгъуэхэр псори Къанокъуэ Мэхъэшокъуэ къызэрызэригъэпэщам.
Сулеймэн Телъыджэм Мэхъэшокъуэр къепцIыжауэ тырку къалэхэм къызэрытеуэр зэхиха нэужь, ар къригъэубыдын хуейт. СулътIанхэм я хьэлт диным епцIыжахэр увыIэгъуэ имыIэу кърахуэкIыныр. Мэхъэшокъуэ хьэгъэщагъэхэр зэрихьэу, Шэрджэсейм чыристан диныр къригъэщтэну хуейуэ ягъэIуа нэужь, ар муслъымэн диным и бий хъуащ. Къаффэ къалэм щытеуа зауэхэм я зым ар гъэру щаубыдри, тырку сулътIаным и унафэкIэ яукIауэ щытащ. Эрмитажым щIэлъщ 1561 гъэм ятха Синодикым щыщ тхыгъэ: «ИугъащIэ чыристан диным и щIыхькIэ хэкIуэда, тырку джаурхэм яукIа Иван Амашук Черкасскэм». Иван-Мэхъэшокъуэ зэраукIам урыс пащтыхьым и гум удынышхуэ иридзат. ЦIыху куэд зэпцIыжа Грозный Иван, пщым и фэеплъыр ихъумэу, абы и псэм папщIэ мылъку къулъшырыфхэм щыхигъэкIыу щытащ.
Пщы Къанокъуэ Мэхъэшокъуэ
СулътIан Сулеймэн Телъыджэ
Пащтыхь Грозный Иван
Махидевран сулътIан гуащэ
СОКЪУР Валерэ, тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат, Мэзкуу дэт ПсихологиемкIэ институту ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием хыхьэм и лэжьакIуэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "327.txt"
} |
Къэбэрдейм и щхьэхуитыныгъэм папщIэ
Даутокъуэхэ я лъэпкъыр щыцIэрыIуэщ Къэбэрдейм и тхыдэм - Хьэжмурат, Заурбэч, Хьэсэнбий. Абыхэм я адэшхуэр Щхьэлыкъуэ дэкIри, Мэздэгу и Iэшэлъашэм щыпсэуащ, аращ къыщалъхуар зэшхэр - Луковскэ жылагъуэм. Щыми дзэм къулыкъу щащIащ, Къэбэрдейм и щхьэхуитыныгъэм щIэбэнурэ я гъащIэр ятащ.
Хьэжмуратрэ Заурбэчрэ усакIуэуи щытащ. Заурбэч и зы усэщ («Къэбэрдей») зэкIэ дызыщыгъуазэр. Хьэжмурат и усыгъэ нэхъыбэ къызэтенащ, щыгъуазэ фыдощI абыхэм (адыгэбзэкIэ зэзыдзэкIар Уэрэзей Афликщ).
Даутокъуэ Хьэжмурат (1876 - 1921) Урыс-япон зауэми Япэрей дунейпсо зауэми хэтащ, и лIыгъэм папщIэ орден лъапIэ куэд къыхуагъэфэщащ, полковник хъуауэ щытащ.
ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд,
Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ.
ЛIыхъужьым и уэсят
Си къуэш Заурбэч и фэеплъу
КъысщыфтIагъэ си адыгэ фащэр,
Си адыгэ къамэр къыскIэрыфщIэ,
Шытепхъуэ фIыцIэр теубгъуауэ си шыр,
Си кхъаблэм къыбгъурыту хуэму нафшэ.
Ныбжьэгъу пэжхэр щIэувэнщ си кхъаблэм,
ЗыхэсщIэу иджыри хэлъ къарур я Iэблэм.
Си кхъэ мащэм щIыр щытратхъуэжкIэ
Хъыбар къызагъэщIэнщ фочауэ макъкIэ.
ЗымащIэкIэ сэбэп сыхуэхъуу лъахэм
СыщызекIуамэ гъуэгуанэ къэскIуахэм,
Жагъуэгъухэм схуагъэIуахэр псалъэ жагъуэу
Жьым ихьыжынущ ещхьу пщэдджыжь пшагъуэм.
Индыл Iуфэ щызеуэ акъужьым
ИрепхъэнкIыж гукъеуэм и лъэужьыр.
Я жьэр яфIиубыду фыгъуэнэдым,
Iунщ си лъагъуныгъэм и уэрэдыр.
Зэман блэкIам и уэрэдхэр
1
Къысхуэгъуэтыжкъым дэрэжэгъуэр,
Мэужьых гуфIэгъуэм и пшыналъэр,
ХэкIыпIэ гуэри имылъагъуу,
Ехузыр гур гупсысэ хьэлъэм.
Зауэм и мафIэ къызэщIэплъэм
ГуфIэгъуэ джэгу хэпщIыкIыфын,
Ажалыр уи нэхэм къыщIэплъэм,
МафIэсыр сыткIэ бгъэункIыфIын?
Си ныбжьэгъу пэжхэм, си хэкуэгъухэм
Зэрахьэ лIыгъэ махуэ къэс;
Зы зауэм къыхэкIам и Iугъуэм,
ЕтIуанэ зауэр занщIэу къос;
Зэроубыдыжри, зылI и быну,
Бийм йобгъэрыкIуэ мывэ блыну.
Зауэр хуэкIуам Iэпщэрыбанэм,
МыIуэтэщIынщ къакъуэкI хахуагъэр,
ХэмыщIу зы, абы я лIыгъэр
СIуэтэжыфынкIэ сщIыркъым гугъэ.
Хэку хуитыныгъэм гъащIэр щIату,
ЗэуапIэм итхэр тхьэпэлъытэу
Дэ къыдитащи ди Щыгу итым,
Дисыжщ ди хэкум дыщхьэхуиту!
2
Зы лъы IэмпIэ къыщIэнэжыхункIэ
ЗауэлIым ихъумэнущ и щIыналъэр,
КъаукIахэм я кхъащхьэм IуплъэхункIэ,
Я лIыгъэм пищэну иту псалъэ.
Адэжь щIыналъэм, лъахэ игъафIэм
Бийр къытеуауэ хэкур къыщыджэм,
ЩIымахуэ уаи, зауэм и мафIи
КъагъэувыIэфкъым лIы къэмыланджэр.
Зэрихьа лIыгъэр телъу и напщIэм,
И щхьэр Iэтауэ темыт ар гъуэгум,
ЩегъэпщкIужыфри гуауэр гу лъащIэм,
Уигъэлъагъунукъым, уиплъакIэ нэгум.
Си Хэкум
Кавказым щыпсэу си лъахэгъухэм яхузотх
Си ныбжьэгъуфIхэ, си Iыхьлыхэ,
СыволъэIу ауан сыкъэвмыщIыну -
Хъуа, мыхъуами, усэ суцIырхъахэр
Сытегушхуащи, фэ ныфхуезгъэхьыну.
Карпат бгыжьхэм сыщIэсщ я жьэгъум,
Срагъусэу ди зауэлI ныбжьэгъухэм,
Бийхэр къыщыттеуэкIэ зэуэну,
ДапэщIэувэу псори зылI и быну.
Къуршыбгъэм хуэдэу бийхэм дащхьэщыхьэу,
Дымыгъэпуду нэхъыжьхэм я щIыхьыр,
Дышу пашэщ зауэм дыщыIухьэм,
Догъабзэ джатэр, текIуэныгъэр къэтхьу.
ИкIи сыт щыгъуи лъахэр къыдохъуэхъу:
- Тхьэразэ къыфхухъу! Тхьэразэ къыфхухъу!
Львов. 1914 гъэ, жэпуэгъуэм и 17
Ныбжьэгъухэм уащыхыхьэжкIэ
Франковский Владислав хузотх
Къуэ гъуэщам, бын щхьэрыуам
ЩигъэзэжкIэ къыщалъхуа пщIантIэжьым,
Ещхьу насыпышхуэр къащIэуам,
Къыпожьэр я нэхъыщIи, я нэхъыжьи.
Хэгъэгу Iэджи щIэзгъэплъащ си лъэгум,
ЗгъэкIыжащ стелъа си уIэгъэжьхэр,
Ауэ зэи щIэкIакъым си нэгум
Къуэш пэлъытэу сиIэ ныбжьэгъухэр.
Къысхуагъуэтащ си зекIуэ кIыхьыр,
ЩIэрыщIэу щIэздзэжащ си сэлэт гъащIэм,
Лъагъуныгъэм и вагъуэр пщыхьэщхьэм
ЩIэрыщIэу къотIысхьэжыр уафэ лъащIэм.
Къытхуоплъых а вагъуэр гъуэгугъэлъагъуэу,
И нэхум къыдитыжу дэрэжэгъуэ.
Гуапагъэмрэ дахагъэмрэ зэщIыгъуу
Къытхуихьрэ, гъащIэр тхуищIу
нэхъ щIэщыгъуэ
Дыщихъумэжу жагъуэгъум и нэлатым,
Гуапэу игъаблэу ди гурыщIэр,
Уафэгум итрэ къытщхьэщыту,
Къытхуоблэ вагъуэр илъэсыщIэу.
Львов. 1914 гъэ, жэпуэгъуэм и 15
ЦIыхубзым деж
ЗауэлIхэр кърагъэлын папщIэ зи гуащIи гъащIи емыблэжу зэуапIэ губгъуэм ит цIыхубз сестрахэм яхузотх
Сыт тщIэн атIэ,
Нобэ псори гугъуехьнатIэщ:
УщIэплъэфынукъым зы унэ,
Удэплъэфынукъым зы щхьэгъубжэ,
Нэпс мыувыIэжхэм щIисыкIыу и нэр,
Щхьэжагъуэ гуэр щымыгъ-щымыбжэ.
Е анэщ ар, е шыпхъущ, нысащIэщ.
Зыщ псори Тхьэшхуэм зэреупщIыр:
«Къытхуэпхьыжыну ар узыншэу,
Е биишэм
КъыхигъэщIауэ хамэ губгъуэм
Къинауэ щIэлъ кхъащхьэ зеиншэм,
ХилъэфэжакIэу жей уахътыншэм?»
«ЩхьэлъащIэ, уигу умыухыж,
Ар къыпхуегъэкIукъым тхьэIухудым,
Аргуэру джатэр къыдохыж,
Бийм и псэр зауэм щIыIудуду.
Ныбжьэгъу хэщIахэм ялъ ящIэжу
КъокIуэкI хабзэжьу Iэджэ щIауэ.
ХэщIам я бжыгъэр дымыщIэжми,
Къэхъункъым хабзэ дымыщIауэ.
ДыкъыщаукIми зауэ гуащIэм,
Ди щIыб къыдэтхэри мымащIэ.
Къиувэжынщи ахэр ди пIэм,
Пащэнщ лIы хуэдэу ди лъэужьым.
Къыщымыланджэ зэуапIэм,
НэгъуэщI щIэхъуэпсыркъым лIыхъужьыр.
Хэкум и напщIэу,
И ажалу бийм
Дитмэ зэуапIэм
ФIыщIэр фэращ зейр»
Львов. 1914 гъэ, жэпуэгъуэм и 10
Пасэрейм и джэ макъ
ГущIэгъулыныгъэм, лъагъуныгъэм я вагъуэр
Сыт щыгъуи хуэдэу телъыджэщ, нагъуэщ.
Гупсэ дахагъэм и гъуэгугъэлъагъуэу
ИгъащIэ лъандэрэ дытетщ а лъагъуэм.
Ди губжьыр псэм щигъэужьыхыжу,
ДыщIигъэдэIуу и псалъэм Алыхьым,
ЛIэщIыгъуэхэм къахоIукIыжри,
Нэхъыжь чэнджэщхэр къыткIэлъыщIохьэ.
Львов. 1924 гъэ, жэпуэгъуэм и 15
Ди шуудзэм и уэрэдыщIэ
Стародуб полкым и шууейхэ! Маржэ!
Къэсащ зэман дебгъэрыкIуэну,
Бий гущхьэм джатэр щыдгъэбзэну,
Нэмыцэм куэдрэ худогъэгъур
Ди гъащIэр къызэрагъэутхъуэр.
Ди командирыр зауэлI гуащIэщ,
И лIыгъэм щхьэкIэ хуэтщIу фIыщIэ,
Унафэу тхуищIым дахуэжыIэщIэщ:
«Ныбжьэгъухэ! Илъэс щитI нэблагъэ
Ди полкыр игъэлъагъуэу лIыгъэ,
Къимыгъэдзыхэу зауэ мафIэм,
ИIыгъщи уардэу и бэракъыр,
Щхьэр бийм щыхуигъэщхъа къэхъуакъым;
Ди ныбжьэгъуфIхэу Воинов, Шеер,
Щышынэ ящIэркъым биишэм.
Кърихмэ джатэр Миклашевский,
щхьэщымыкIыу
Щолыд зэуапIэ губгъуэм уафэхъуэпскIыр.
Дэтхэнэ зыри зэуэныгуу
ЛIыхъужьщи, къикIыркъым уанэгум.
ЗыхащIэрт пасэм ди адэжьхэм
Зэрагъэсар я щIэблэр лIыхъужьхэу -
ТекIуэныгъэм, щIыхьым я бэракъыр
Кърагъэхьыфу фоч уэ макъым.
Збруч псы зэпрыкIыпIэм,
Нэмыцэ къэрэгъулхэр «щэхуу» IуапIэу,
Ди дзэм гъуэгур къыщыхуащIым хуит,
Урыс лIыгъэр бийм игъэунэхуат.
Бэзэрджыкъ и дамыгъэ жорыр
Ихьащ щхьэпылъапIэм ди мыжурэм -
Сэшхуи, фочи, бжыи, япэм хуэдэу,
Щыдогъабзэ зэуапIэ губгъуэм,
Майор Къаныкъуэм и ныбжь уардэр
Хэтщ ди сатырым ноби тщIыгъуу,
Сыт щыгъуи хуэдэу, дигъэгушхуэу,
Шынэным дыщигъэукIытэу,
ЛIыгъэм и ныпыр къыддиIэту.
«Е лIын, е лIэн!» - ди нэхъыжь псалъэм
Къару къыхилъхьэ защIэщ ди лъым.
Ди нэхъыжьхэм хаша лIыгъэ гъуэгум
Дытетщ щIыхьым хуэдгъэлажьэу ди гур.
Стародуб полкым и шууейр
Зыхуэдэр къедгъэщIащ нэмыцэ
дэпсэлъэрейм.
Шуудзэ сатырхэр зэкIэлъхьэужьу,
ЙобгъэрыкIуэри нэмыцэ быдапIэм,
Къагъанэ защIэу сахуэ лъэужьхэр,
Щозауэр къуэкIыпIэм, щозауэ къухьэпIэм.
ЛIэщIыгъуэ ныбжьым ит жыгейм
Хуэдэу Стародуб полкыр къуэпс быдэщ,
Щилъэгъуауэ куэдыкIей дунейм,
Хуаусауэ и лIыгъэм уэрэдхэр.
ИлъэсыщIэр - ди полкым
ДегъэгуфIэ мы жэщым, ныбжьэгъухэ,
ИкIи дегъэнэщхъейхэ!
Я гум къэкIауэ зэрыкIа унагъуэр,
Къызэхуосыж ди полкым и шууейхэр.
Мыбдеж шыгъупIастэр щынэхъ IэфIщ,
Хъуэхъубжьэр къыщаIэт нэхъ дахэу,
Къытхэмытыжуи жыдмыIэф
ЗэуапIэ губгъуэм икIуэдахэр.
Нэпс гуащIэм нэхэр егъэпсыф,
КъокIыжри ди гум ягъэхъахэр.
Iумылым исея я кхъащхьэхэр
Щозэшыр губгъуэм,
Дэ илъэсыщIэр къидмыгъэхьэт,
ДызэщIымыгъуу зэш унагъуэу.
ЯхуэтIэтынущ ахэм хъуэхъур,
Я лIыгъэр мыхъуауэ лъэужьыншэ.
Шынагъэм я нэхэр къыщипхъуэу,
ЗыпыIуадзатэкъым биишэм.
ИкIи къысфIощIыр мы меданым
Абы я кхъащхьэр зэгуэкIыну,
КъыдэкIхэу щызэша я бэным,
Мы Iэнэм къыддетIысэкIыну.
ЛIыхъужьхэм я псэхэм, мыхыщIэу,
КъыддаIэтыну хъуэхъу фадэбжьэр.
КIуэдыжу бийм кърадза фэбжьыр,
Кърагъэхьэну илъэсыщIэр.
И псэр изагъэркъым кхъэ мащэм
ЛъыщIэж зэуапIэм кIуэну хуейм.
Шууейуэ ар хэтати гъащIэм,
Шууейуи ехыжащ дунейм.
Шууей С-Ъ и Iуэхур
Шуудзэм и теуэр напIэзыпIэщ!
Нэхъыщхьэр, утемыплъэкъукI,
Къэгъуэти гъуэгу пхуэхъуну кIуапIэр,
Шыщхьэмыгъазэу екъутэкI.
Карпат и бгыжьхэр яугъуейуэ
Джабэ задэм бийр къыщыкIэрыхьэм,
Лъэрытемыту ди шууейхэр
ЗыIэзыбжьэу зауэм Iуохьэ.
ЙобгъэрыкIуэхэр дыгъужь нэщIауэ,
ИщIэжу хэти и къалэн,
Я сэшхуэ, бжыхэмкIэ хагъащIэ
Биидзэм лъэкIыркъым къелын.
Хэт илъэгъуа зэгуэр мыпхуэдэ?!
Пыпхэщхьэ фIахыу пхыкI нэхъей
Нэсахэщи биидзэм ику дыдэм,
Узыр ирату ягъэлъей.
ЩIопхъуэж биидзэ къэшынар,
ПфIэщIыну пхыж жыхьэнмэм.
КъокIыжыр дигу Бэрэздж быдапIэм
Ди адэжьхэу щызэуахэр лIыхъужьу.
Дыщихуэм дэри лIыгъэ щIапIэ,
Пытщэфащ абыхэм я Iэужьым.
Стародуб шууейхэр Г. деж зэрыщебгъэрыкIуар
Ей шууей ахъырзэманхэу
ЗауэлI хъыжьэхэм я щIэблэ,
Фэ къывдалъагъур ди зэманми
ЛIэужьыр зэрыуэфыр бжьиблкIэ.
Гъунапкъэншэщи фи лIыгъэр,
Мэлыд хахуагъэм и уэздыгъэу,
Махуэ къэсыху гъуэгуанэ гугъухэм
Полкым и щIыхьыр щывгъэбагъуэу.
Иныжь губжьахэм я кIий макъым,
Санэ аузым къыщыгъуагъуэр,
Шуудзэм пхешыр гъуэгу къургъакъым
Бий хьэдэкIэ гъэнщIа лъы лъагъуэр.
Бгым джэрпэджэжу зэпадзыжыр
Къырыщхьэхэм щхьэщагъэIукI «маржэр!»
УIэгъэри къафIэмыIуэхуу
Шууейхэм бий лъэужьыр яхур.
ХэкIуэдахэм къыдоIэт я щIыхьыр,
Я лъыр тщIэжурэ ди сэшхуэр дгъабзэу,
Ахэр ихьэжынущ Тхьэм и пащхьэм -
ЗауэлI нэсрэ я напэр къабзэу.
Уеблэмэ ди Войнов лIыхъугур
Иропагэр абыхэм я зэфIэкIым,
Псэууэ къэнахэм къиплъэу ди нэгум,
ЛIыгъэ къыткъуэкIынур къриджыкIыу.
Даутокъуэ зэшхэр: Хьэжмурат, Заурбэч, Хьэсэнбий. 1916 гъэ
Даутокъуэ Хьэжмурат и усэхэр
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "328.txt"
} |
МЭРЕМ ПШЫХЬ
ГъащIэм куэд къыщохъу
Утезмыдзэмэ, сызэгуоуд
Джылахъстэнейм и колхоз нэхъ ин дыдэхэм ящыщ зым и унафэщIыр губгъуэм ихьауэ елъагъу: Iэхъуэр мэжейри удзыпцIэм хэлъщ, былымхэр гъавэм хыхьауэ Iисраф зэтращIэ. Хозяйствэм и тхьэмадэр лIы пIащэжьт, Iэчлъэчт, бэнэкIэ хуитымкIэ спортым и мастерт. Ар къэгубжьауэ Iэхъуэм бгъэдыхьэщ, епхъуэщ, и щхьэщыгум нэс иIэтри, жиIащ: «Сыт уэсщIэнур? Утызодзэри - узэгуоуд, утезмыдзэщи, сэ сызэгуэудынущ».
Джэдыгури фочри дагъэкIуащ
Ельциным щихьэмтетыгъуэ, щхьэж лъэкIыр щызрилъэфалIэ зэманым Хьэмзэт мэл зыбгъупщI зэригъэпэщат. Ар хыхьэхэкI зиIэ, къуажэдэсхэр зыщышынэ гуэрт. Арати, Хьэмзэт къуажэбгъум щиIэ щIапIэм щиIыгъ мэлхэм ящыщу тIур зы жэщ гуэрым фIадыгъуащ. «Мэлхэр сызэрейр ящIэ хъунтэкъыми аращ, армыхъумэ, уэлей, сэ къысщымышынэу къызэмыдыгъуэнIат», - жиIащ.
ЕтIуанэ жэщми аргуэру и зы мэл ягъэкIуэса. «Уэлей, хэту щытми, а къызэуэсар хэзгъэбэгэнмэ», - жери, фочыр и плIэм иредзэ, дунейр тIэкIу щыIэтыIэти, мыпIыщIэн щхьэкIэ джэдыгу къыздещтэ, пэлыщтоф ныкъуэфI щIрегъэубыдэжри, чэ-тым пэгъунэгъуу щищIа гуэщым щIэт гъуэлъыпIэм йогъуалъхьэ. Жэщыбг пщIондэ жеякъым - зэщIэдэIукIыу хэлъащ. Нэхущым къызэщыумэ, и мэл къэнэжари мэхь-мэхь, и джэдыгури, и фочри - бгъуэтмэ къащтэ.
Саут СулътIан.
Нэщэнэхэр
Псы макъыр ищхъэрэкIэ къыщыIумэ…
МафIэм уриджэгуну фIыкъым.
Мэрем пшыхьым пхъэнкIий ирадзыртэкъым.
НапщIэ уфар угъурлыкъым жаIэрт.
Псы макъыр ищхъэрэкIэ къыщыIумэ, уэлбанэ хъуну къалъытэрт.
ПхъэнкIэрей угъурсызщ жаIэрт.
Къуалэбзур гувауэ щIыпIэ хуабэм лъэтэжмэ, щIымахуэр ткIиинукъым, пасэу лъэтэжмэ, щIымахуэр щIыIэнущ.
Бжьыхьэм уэсыр пасэу, куууэ къесмэ, гъавэщIэр бэв хъунущ.
Бжьыхьэ тхьэкIумэкIыхьыр уэдмэ, уэс щIагъуэ щыIэнукъым, пшэрмэ - уэсышхуэ къесынущ жаIэрт.
Шыугъэ яIэщIэщIамэ е шыгъу иракIутамэ, унэм къаугъэ къихъуэнущ жаIэрт.
Гъавэм утеувэмэ, берычэтыр хокI жаIэрт.
Гъуэгу техьам кIэлъыпхъанкIэртэкъым, пхъэнкIии кIэлърадзыртэкъым, псым икIыху.
ГъуэгущхьэIум пхъэщхьэмыщхьэ жыг хэпсэну фIыщ.
Джэгу пщIыхьэпIэу плъагъумэ, уонэщхъей жаIэрт.
Джэдур жыхапхъэм епIэстхъмэ, хьэщIэ къэкIуэнущ.
ГушыIэхэр
КъыфIэдзэ си бзэгум
Махуэ гуэрым Хъуэжэ пщIантIэм дэту шу блэкIыу илъэгъуащ. Сэлам къыщрихым, мыдрейми, хабзэм зригъэхьри, жиIащ:
- Еблагъэ, хьэщIэ, зодгъэгъэпсэхунщ!
Шур жыжьэ къикIырт, ешат, къуажэми хэгъэрей щиIэтэкъыми, «къеблагъэ» къыщыжраIэм, гуфIэри къыдыхьащ. Зыкъригъэлъэтэхри зиплъыхьа щхьэкIэ, пщIантIэм шы фIэдзапIэ щилъэгъуакъым.
- Мы шыр дэнэ фIэздзэн? - жиIэри хьэщIэр къеупщIащ Хъуэжэ.
Адыгэ хабзэм зригъэхьу «къеблагъэ» жиIа щхьэкIэ, Хъуэжэ тхьэмыщкIэ Iейуэ псэурти, щIегъуэжащ.
- КъыфIэдзэ си бзэгум, - жиIащ Хъуэжэ.
Шум къыгурыIуэри, шэсри дэкIыжащ.
И ныкъуэр сиIащэрэт
ЗэлIзэфызыр зэфIэнат. ЛIым и псалъэр зэпиуду фыз губжьам:
- Сыту акъылыншэ ухъуа, дыдыд Iей мыгъуэ! - щыжиIэм:
- Бетэмал, нэгъуэщI мыхъуми, а иджы сиIэ акъылым и ныкъуэр сиIащэрэт уэ пэшэгъу усщIыну сигу къыщихьам щыгъуэ, - пидзыжащ лIым.
Умыщхьэхыу сыту упсэлъэфрэ?
Паштыхь гуэрым унафэ ищIат: къэралым щхьэхынэу исым хэплъыхьу я нэхъ щхьэхынэ дыдэу тIу къыхуашэну. Пащтыхьым жиIар унафэти, псоми хэплъэри, нэхъ щхьэхынэ дыдэу тIу къыхахри къыхуашащ.
ТIури къэтIысын щхьэхыу плIаплIэу гум илът. Пащтыхьыр къыщIэкIри еплъащ, унафэ ищIри гум кърыригъэхри, унэ нэщI гуэрым щIригъэлъхьащ. ЯщIэм кIэлъыплъыну хъумакIуи Iуигъэувэжащ. Жэщ-махуэ куэдкIэ хъумакIуэр якIэлъыплъащ, арщхьэкIэ щхьэхынитIри щылът замыгъэхъейуэ.
ИтIанэ пащтыхьым унафэ ищIащ ахэр зыщIэлъ унэм мафIэ щIадзэну.
МафIэр кIуэурэ зым деж нэсри и лым еIэ щыхъум:
- Си гугъэмкIэ мафIэ къытщIадзащ, - жиIащ зимыгъэхъейуэ здэщылъым.
- Умыщхьэхыу сыту упсэлъэфрэ? - жиIащ адрейр къэпсалъэри.
КъардэнгъущI Зырамыку.
ГукъэкIыж
Гуужьымрэ выжьитIымрэ къезыгъэла лIыжь губзыгъэ
Мазих нэблагъэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр зыфыщIа нэмыцэдзэр Зеикъуэ къуажэм щыдахужым, абыхэм якIэлъежьащ ягъэдела, ядэлэжьа цIыху гуэрхэр. Полицэм и унафэщIу лэжьа Шидэ абыхэм я фIэщ ищIат бийр махуэ бжыгъэкIэ икIуэтыжу къигъэзэжыну.
Къуажэр нэмыцэдзэм яубыда иужь колхозыр якъутэжри, бригадэхэм я пIэкIэ унагъуэхэр пщIырыпщIу зэгуагъэхьэурэ мылъкур трагуэшат. Ди унагъуэр зыхэт гупым и тхьэмадэр, къытлъыса зы выгу зэщIэщIар зэгъэбыдылIар Хьэжы Батырбэчт. Абы и пщэм иралъхьат къуажэм къахуэна гуужь закъуэри ихъумэну.
Шидэ Батырбэч деж лIыкIуэ къищIащ выгу зэщIэщIам гуужьыр кIэрищIэу, ежьэнухэм къаритыну. Батырбэч лIыкIуэм жриIащ: «Сэ сыныдэкIынущ а выгу зэщIэщIам сису, лы хуей дыхъумэ дыукIыжыну гуужьри ныздыдэсшынущ». «ИгъащIэми лIыжь губзыгъэт ар», - жиIэри Шидэ къыщытхъуащ абы, хуахьа хъыбарым щыгуфIыкIауэ.
Зи щхьэм дзыхь хуэзымыщIыж Шидэ и автоматыр и уанэ къуапэм фIэлъу, и кIэрахъуэшхуэр гуэлэлу кIэрыщIауэ Батырбэчхэ я пщIантIэм шууэ къыдэлъэдащ. Гур унэ бжэIупэ дыдэм деж Iутт. Абы шыуан, кIэструл, хьэжыгъэ къэп ныкъуэ, упщIэ, щIакIуэ, нэгъуэщI зыхуеину гуэрхэр илът. И гум къэкIа шэчыр кIуэдыжауэ Шидэ гуфIэу Батырбэч зыхуигъэзащ: «Тхьэр арэзы къыпхухъу, Хьэжы, дызэрыпщыгугъауэ укъыщIэкIащ, улIыжь губзыгъэщ. Къуажэм жэщу ныдэкI, Бахъсэн унэсмэ, гъуэгум сэмэгурабгъумкIэ дэдзыхи, Псыхуабэ лъэныкъуэмкIэ гъэш. Абдеж губгъуэшхуэм псори дыщызэхуэсынущи, закъыкIэрумыгъэху».
Игу зэгъауэ Хьэжыхэ я пщIантIэм Шидэ къыщыдэжыжым лIыжьыр абы къыкIэлъыплъырт и нэ лъэныкъуэр щIиукъуэнцIауэ, и пащIэкIэ щIэгуфIыкIыу икIи игукIэ къыхужиIэрт: «А незбгъэшэжьэну узыщыгугъ гуу пэхужьым и акъылым хуэдизщ уэри уиIэр, былым».
А щIыкIэм тету, Хьэжы жылэр зэзыпхъуэну зи гугъа Шидэ дэкум хуэдэу къигъапцIэри, выгу зэщIэщIари, къуажэм я гуу цIэрыIуэри зейм къахуигъэнэжащ.
Къэрмокъуэ Мухьэмэд.
ЦIыкIухэм папщIэ
Лацэ пшынауэ
Лацэ йоуэ пшынэм,
Къафэ кърегъэкI.
Джэгур щащI лэгъунэм,
ЦIыкIухэр щоуджэкI.
Пшынэм и бзэ дахэм
Джэгур зэхишащ.
Пщащэм я нэхъ дахэр
Утыку кърашащ.
Къигъэпсалъэу унэр,
Iэгур щIакъутыкI.
Мэбзэрабзэ пшынэр,
Лаци погуфIыкI.
Утыку ихьа Лацэ -
И макъ егъэIуф.
Къашыргъэ КIурацэ,
Къафэм дожьууф.
Ди хьэмыщэ фыкIэрыкI
Ди хьэмыщэ
Из и ныбэ?
Хьэ лэгъунэм
КъыщIэмыкI.
Хьэгулывэу
Абы хуэсхьыр
Джэд нэпсейхэм
ФIырашхыкI.
ТIэкIу яхуитI фIэкI
И дзэлыфэр,
Зыми и зэран
ЕмыкI.
Джэд нэпсейхэ,
Фэ и жагъуэ
ФымыщI мыщэ -
ФыкIэрыкI.
Сэ фэстынщ, лIэун,
Щыкъун,
Къывэлыжу
Фхурикъун!
Хъарбыз
И бжэIупэм ди тыкуэным
Хъарбыз щащэу зэхызох.
Сэ щэхуакIуэ сыхуэкIуэну
Дадэ ахъшэ къыIызох.
Сыхоплъыхьри, я нэхъ иныр
Хъарбыз самэм къыхызох.
Ар ислъхьэну, тхылъымпIэпсу
Хъуржынышхуи къаIызох.
Мыхьэнэншэт хъуржынышхуэр -
ЗэфIотхъ, къэзмыкIуауэ куэд.
Тохуэр щIыми хъарбызышхуэр
ЗэхуэдитIу зэгуеуд.
Нэсхьэсакъым ар ди Iэнэм -
Сошх и ныкъуэр хъарбыз хъуам.
Адрей ныкъуэр сохьыр унэм
Дадэ жызоIэж къэхъуар.
«Iэмалшыщ мыр» жиIэ хуэдэ,
Къызоплъ дади, мэдыхьэшх.
СIех къэсхьар, «къакIуэ мыдэ, -
ЖеIэ, - IэфIу зэдэдгъэшх».
Мэз Iэниуар.
Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "329.txt"
} |
ГъэсакIуэхэм я Iэзагъэм щыхагъахъуэу
Бгы лыжэрэ сноубордкIэ къэжыхьыным хуезыгъасэхэм я Iэзагъэм щыхагъахъуэ хъунущ мы гъэм и дыгъэгъазэм «Iуащхьэмахуэ», «Архъыз» зыгъэпсэхупIэхэм щызэхашэ дерсхэм.
Инструкторхэм я лъэпкъ лигэм и вице-президент, Урысейм бгы лыжэ спортымкIэ и мастер Дунаевэ Татьянэ зэрыжиIэмкIэ, еджэныгъэр хуабжьу яхуэщхьэпэнущ бгы къежэхыкIэм хуезыгъасэхэм я Iэзагъэм хагъэхъуэнымкIэ. Апхуэдэуи, дерсхэм екIуалIэхэр щыгъуазэ хуащIынущ цIыхухэм нэхъыфIу зэрадэлэжьэну щIыкIэхэми.
- Бгыхэм зыщызыгъэпсэхуну хуейхэм я бжыгъэм илъэс къэс хохъуэ. Абы къыдэкIуэуи нэхъыбэ мэхъу спорт лIэужьыгъуэщIэм зи къарур щызыгъэунэхуну, зезыпщытыну хущIэкъухэри, - щIигъужащ «Кавказ Ищхъэрэм и курортхэр» АО-м и унафэщIым и къуэдзэ Алтабаев Виталий. - Ди дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ зи IэщIагъэм фIыуэ хэзыщIыкI инструкторхэр ди курортхэм щылэжьэным. Ахэр щIэгъэкъуэн яхуэхъунущ ди щIыпIэхэм зыщызыгъэпсэхуну къакIуэхэм лыжэрэ сноубордкIэ шынагъуэншэу икIи Iэзэу къыщажыхьынымкIэ.
ГъэсакIуэхэм драгъэкIуэкI дерсхэм екIуалIэ хъунущ лыжэ къэжыхьыкIэм и Iэмалхэм зымащIэкIэ нэхъ мыхъуми хэзыщIыкIхэри. Еджэныгъэхэр «Iуащхьэмахуэ» курортым дыгъэгъазэм и 9-м щегъэжьауэ дыгъэгъазэм и 18 хъуху, «Архъыз»-м дыгъэгъазэм и 20-м къыщыщIэдзауэ и 29-м нэсыху щекIуэкIынущ. Дерсхэм пхыкIахэр «С» лIэужьыгъуэм хыхьэ инструктор IэщIагъэ зиIэхэм хабжэнущ, абы къыдэкIуэуи я Iэзагъэм дяпэкIи хагъэхъуэнымкIэ Iэмалхэр иратынущ.
Курсхэм я программэм щыгъуазэ зыщыхуэфщI, абыхэм фахэтыну фызэрыхуеймкIэ лъэIу тхылъхэр Инструкторхэм я лъэпкъ лигэм и https://www.isiarussia.ru/ сайтым щифтхэ хъунущ.
КЪУМАХУЭ Аслъэн.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "33.txt"
} |
Дызэригугъэм хуэдэкъым
Хьэрш
1. ЦIыхухэм къызэралъытэмкIэ, ЩIыр - хъурейщ, Меркурийм нэхърэ нэхъ планетэ пщтыр Дыгъэ системэм хэткъым, Дыгъэр - гъуэжьщ. Ауэ, къызэрыщIэкIымкIэ, ар пэжкъым. ЩIы лъабжьэр, зэпымыууэ, зэрыхъейм къыхэкIыу, ди планетэм и щхьэфэри къуабэбжьабэщ, зэпэхъурейуэ зэрыщымытым и щхьэусыгъуэри аращ. ЩIым и гравитацэри псом дежи щызэхуэдэкъым, атIэ иныкъуэхэм и деж нэхъыбэщ е нэхъ мащIэщ.
2. Мазэм и адрей лъэныкъуэр сытым дежи кIыфIщ жыхуаIэр пэжкъым. Апхуэдэу щхьэ къытщыхъурэ-тIэ?! Мазэм ЩIым зыкъыдегъазэ, къыдокIэрэхъуэкI. Аращи, Мазэм и зы лъэныкъуэращ сытым дежи тлъагъур. Ауэ абы къикIыркъым Дыгъэр Мазэм и адрей лъэныкъуэм зэи темыпсэу, имыгъэхуабэу - топсэ икIи егъэхуабэ, дэ ар дымылъагъуу аращ.
3. Меркурийр Дыгъэм нэхъ зэрыпэгъунэгъум къыхэкIыу, ар адрей планетэхэм нэхърэ куэдкIэ нэхъ пщтыру къалъытэ. Ауэ, къэхутэныгъэхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, Нэхущвагъуэращ (Венерэ) нэхъ пщтырыр. Меркурийм и пщтырагъыр градус 350-рэ хъууэ аращ, ауэ Нэхущвагъуэм и температурэр 480-м щынэс къохъу. Планетэм и хуэбагъыр зэлъытар и атмосферэр зыхуэдэращ, армыхъумэ Дыгъэм зэрыпэгъунэгъуракъым. Венерэм углекислэ гъуэз куэду щыIэщи, абы хуабэр еубыдри, и щхьэфэр нэхъри къегъэпщтыр.
4. Дыгъэр мафIэ хъуреишхуэу куэдым я гугъэщ. Пэжщ, Дыгъэм и пщтырагъыр градус мини 6-м нос, ауэ ар мафIэм ису аракъым, атIэ абы щекIуэкI термоядернэ пIэщIрухэм (реакцэхэм) я Iэужь нэхур гуащIэуращ. КъищынэмыщIауэ, Дыгъэр гъуэжьу къытщыхъууращ - ар хужьщ. Атмосферэм еубыд хужь плъыфэри, цIыхум и нэм зэран хуэмыхъун хуэдэу, гъуэжьыфэ хъуауэ къытлъэIэсуращ. Хьэршым лъатэ космонавтхэм Дыгъэр хужьущ зэралъагъур.
5. Голливудым хьэршым теухуауэ щытраха фильмхэм зэрыхэтымкIэ, скафандр щымыгъыу цIыхур хьэршым (космосым) къыщыхутэмэ, къэуэнущ, зэгуэтхъынущ. Ауэ ари пэжкъым. Псом япэрауэ, цIыхум и щIыфэр зэуэ къэчэн хуэдэу щыткъым, ар хош. ЕтIуанэрауэ, скафандр щымыгъыу хьэршым къыщыхута цIыхум и Iэпкълъэпкъыр градус 46-м нэсу къэхуабэми, къэуэн хуэдэу и лъыр къэкъуалъэркъым - лъынтхуэхэм зэтраубыдэ. Къэхуабэр цIыхур зэрызэпкърылъ клеткэхэм дэт ткIуаткIуэращ. Арами, мащIэу къэпщ мыхъумэ, къауэркъым. ЦIыхур зэрылIыкIынур - кислород зэрыхуримыкъуращ. Скафандр пщымыгъыу хьэршым укъыщыхутэмэ, секунд 15 зэрыдэкIыу укъэмэхынущ, дакъикъи 2 дэкIмэ улIэнущ.
Тамбий Гуащэмахуэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "330.txt"
} |
ЩIы лъабжьэм тенджыз щIэтщ
Къэхутэныгъэ
США-мрэ Великобританиемрэ я геофизикхэм щIы лъабжьэм тенджыз абрагъуэ щIэту къахутащ. Ауэ ар мыдрей тенджызхэм ещхькъым, атIэ псы куэду зыпкърыт брусит, къинэмыщI пкъыща, щIыгъэбэв зэмылIэужьыгъуэхэу зэхэлъщ.
ФIэщ щIыгъуей телъыджэм щыхьэт техъуэж къэхутэныгъэхэр лабораторэм щрагъэкIуэкIащ, пщтырымрэ давленэмрэ бруситым зэрызрагъэхъуэжыр къапщытэну. КъызэрыщIэкIымкIэ, километр 600-кIэ щIым уеIэбыхмэ щIэлъ бруситым, жьэражьэм хэлъми, зыкIи зыхъуэжыркъым, абы пкърыт псыр къыпкърыпхынуи Iэмал щыIэщ. А Iуэхур урыс, нэмыцэ, франджы щIэныгъэлIхэм гъэщIэгъуэн ящыхъури, щIэрыщIэу яджащ. ИкIи псори арэзы техъуащ илъэс меларди 2,7-рэ и ныбжьу, щIы щхьэфэм псыуэ тетым нэхърэ куэдкIэ нэхъыбэу абы и лъабжьэм псы зэрыщIэтым.
ЩIэныгъэлIхэм я мурадщ а псыр дунейм и щытыкIэм, щIыуэпсым къыщекIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэм, геологием зэрепха щIыкIэр къахутэну.
Фырэ Анфисэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "331.txt"
} |
Театрым пыщIа IэщIагъэхэм щыхагъэгъуазэ
Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ къэрал библиотекэм техникэмрэ мэкъумэшымрэ ятеухуа литературэмкIэ и къудамэм зэIущIэ щхьэпэ щекIуэкIащ. Абы и лэжьакIуэхэм 2014 гъэм щыщIэдзауэ ягъэзащIэ «В лабиринте профессий» проектыр, ныбжьыщIэхэр зыхуеджэну IэщIагъэр къыхахынымкIэ ядэIэпыкъуным, абы ехьэлIа чэнджэщхэр етыным теухуауэ.
Зэхыхьэр щекIуэкIа пэшым къыщызэрагъэпэщащ «Моя профессия - моё будущее. Познакомьтесь: профессия режиссёр» тхылъ гъэлъэгъуэныгъэр. Абы хагъэхьащ Iуэхум ехьэлIауэ библиотекэм и фондым щахъумэ лэжьыгъэ купщIафIэхэм щыщхэр.
Iуэху дахэр къызэрыхалъхьэрэ ныбжьыщIэхэр хагъэгъуэзащ пщафIэ, агроном, ветеринар, сварщик, ухуакIуэ, кинолог, эколог, дизайнер, медицинэм и лэжьакIуэ, гъунапкъэхъумэ IэщIагъэхэм. Ар къыхэзылъхьахэм зытрагъэчыныхьыр ныбжьыщIэхэм лэжьакIуэ IэщIагъэхэм гулъытэ нэхъыбэ хуегъэщIынырщ. Ауэ, а зэхыхьэхэм хэтхэр нэгъуэщI Iуэхугъуэхэми зэрыдахьэхыр къалъытэ икIи щIэупщIэ нэхъ зиIэхэм траухуэ.
2019 гъэр Урысей Федерацэм Театрым и илъэсу зэрыщагъэувар къалъытэу, зи чэзу зэхыхьэм къекIуэлIахэм яхутепсэлъыхьащ театрым пыщIа IэщIагъэхэм. Абы ирагъэблэгъащ ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым и режиссёр кафедрэм и унафэщI, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Мухьэмэд, а еджапIэм режиссёр IэщIагъэм щыхуезыгъаджэхэу Бжьахъуэ Лелярэ Айтэч Джамилэрэ, телевиденэм и лэжьакIуэ, режиссёр Ашэбокъуэ Дамирэ, студентхэр, еджакIуэхэр.
ЗэIущIэм къыщыпсэлъа егъэджакIуэхэр къытеувыIащ ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ институтым щызрагъэгъуэтыфыну IэщIагъэхэр зыхуэдэм, егъэджакIуэхэм щIэныгъэ куу зэрабгъэдэлъым, я студентхэр зыхурагъаджэ унэтIыныгъэхэм, къыхаха IэщIагъэм ахэр зэрыхущIемыгъуэжыр, иужькIэ я щIэныгъэр къызэрагъэсэбэпыфынум, IэнатIэ яхуэхъунухэм. КъыжыIапхъэщ, зэхыхьэм режиссёр IэщIагъэм гулъытэ нэхъыбэ зэрыщыхуащIар.
ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищъэрэ къэрал институтым и студентхэм зэIущIэм кърихьэлIахэм я пащхьэм я лэжьыгъэ хьэлэмэтхэр щагъэлъэгъуащ, джэгукIэ щIыкIэу къызэрагъэпэща Iуэхум къызэхуэсахэри къыхашэу. Абыхэм я гуапэу къыхагъэщащ выставкэхэм, фестивалхэм, республикэ зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэхэм жыджэру зэрызыкъыщагъэлъагъуэр я зэфIэкI еплъыжынымкIэ зэрыIэмалыфIыр. ХьэщIэхэм жэуап иратащ ныбжьыщIэхэр зыщIэупщIахэм.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "332.txt"
} |
Налшык и «Спартак»-м хэту япэу топищэ дэзыгъэкIа Бэч Руслан
Къэбэрдей-Балъкъэрым и топджэгум и тхыдэм лъэ быдэкIэ хыхьащ гъуащхьауэ Iэзэ Бэч Руслан. Бахъсэн районым хыхьэ Къызбрун ЕтIуанэ (иджы ХьэтIохъущыкъуей) къуажэм ар 1953 гъэм дыгъэгъазэм и 29-м къыщалъхуащ.
Бэч Руслан футболым зыщыхуигъэсари топ джэгун щригъэжьари я къуажэращ. Абы ирашри Налшык и «Спартак»-м 1976 гъэм ирагъэблэгъащ икIи Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ нэхъыщхьэм игъащIэ лъандэрэ и футболист нэхъыфI дыдэхэм ящыщ зы хъуащ икIи абы и тхыдэм лъэужь дахэ къыщигъэнащ. ИлъэсипщIкIэ абы ди республикэм и щIыхьыр союзпсо, урысейпсо утыкухэм щихъумащ. 1976 - 1985 гъэхэм ди «Спартак»-м зэрыщыджэгуа лъэхъэнэм къриубыдэу Бэч Руслан япэ дыдэу хузэфIэкIащ и хьэрхуэрэгъухэм топи 100 яхудигъэкIыну. Ар къыщыхъуар Адыгейм и къалащхьэ Мейкъуапэщ. Футболым щыхэкIыжыну 1985 гъэм шыщхьэуIум (августым) и 22-м абы и «Дружба»-м дэджэгуу Бэчыр къыхэжаныкIащ. Ар Налшык и «Спартак»-м хэту дигъэкIа топхэр 100-м щригъэкъуа махуэщ. А илъэсыр иухыхукIэщ Руслан футбол зэрыджэгужар. Иджыри тхуэ къыхэжаныкIыжри, я хьэрхуэрэгъухэм яхудигъэкIа топхэм я бжыгъэр 105-м нигъэсауэ, тренер IэнатIэм зритащ. Къыхэгъэщыпхъэщ 1977, 1978, 1980, 1981, 1982 гъэхэм налшыкдэсхэм я гъуащхьауэ нэхъ Iэзэ дыдэ Бэч Руслан зэрыхъуар. 1997 гъэм топ 29-рэ (3-р СССР-м и кубокым) зэрыщыдигъэкIам илъэс пщыкIух дэкIауэщ нэгъуэщI адыгэ гъуащхьауэ цIэрыIуэ ГъуаплъащIэ Аслъэн щефIэкIыфар.
И щIыхькIэ «Бэчым и клуб» къызэрагъэпэщащ, налшыкдэсхэм яхэту топищэ дэзыгъэкIахэр хагъэхьэу. НобэкIэ езы Бэч Руслан (псори зэхэту топи 105-рэ дигъэкIащ) къищынэмыщIа, абы хэтщ Гъубж Вячеслав (136-рэ), Кугъуэт Эдуард (122-рэ), Наурыз Басир (117-рэ) сымэ.
Псори зэхэту ди республикэм и щIыхьыр абы къэралпсо утыкум зэIущIэ 340-м щIигъурэ щихъумащ, нэхъыбэм Совет Союзым футболымкIэ и япэ лигэм щыджэгуу. Нобэми ди нэгу щIэтщ Бэч Руслан я хьэрхуэрэгъухэм я гъуащхьэхъумэхэр игъэгулэзу зэрыщытар икIи и Iэзагъ лъагэмрэ Iэпкълъэпкъ лъэщымкIэ къыпэщIэувэхэр кIуэцIрихыурэ топхэр дахэу дигъэкIыу зэрыщытар.
1991 гъэм и пэщIэдзэм Налшык и «Спартак»-м и тренер нэхъыщхьэ Алдышев Анатолий иригъэблагъэри, Бэч Руслан командэм и тренер гупым яхыхьащ. Абыи лъэкI къигъэнакъым и гъэсэнхэм ехъулIэныгъэхэр зыIэрагъэхьэнымкIэ. А илъэс дыдэм и фокIадэм (сентябрым) Бэчыр тренер нэхъыщхьэу ягъэуващ икIи гъэр иухыхукIэ а къулыкъур зэрихьащ. Абы и унафэм щIэту ди командэм зэIущIибгъу иригъэкIуэкIати, 4-м щытекIуащ, 2-м зэрыщызэтегъэкIуакъым, 3-р фIахьащ.
ИужькIэ тренер IэщIагъэр къигъанэри Къэбэрдей-Балъкъэрым ФутболымкIэ и федерацэм щылэжьащ, Урысейм и футбол зэхьэзэхуэхэм я инспектору куэдрэ щытащ. 2012 гъэм абы къыхуагъэфэщащ «Футболым зэрызригъэужьам папщIэ» дамыгъэ лъапIэр.
Жыласэ Заурбэч.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "333.txt"
} |
ЩIы хъурейм щытепщэ ди лъахэгъу
Атлетикэ псынщIэ
2018 - 2019 гъэхэм я щIымахуэ лъэхъэнэм атлетикэ псынщIэмкIэ цIыхубз спортсмен нэхъыфIу дунейм къыщалъытащ ди лъахэгъу Ласицкене (Кучинэ) Марие.
«Track and Field» америкэ журналым иригъэкIуэкIа щIэупщIэныгъэм илъэс етIуанэ хъуауэ зэкIэлъхьэужьу япэ щощ Къэбэрдей-Балъкъэрым хыхьэ Прохладнэ къалэм къыщалъхуа икIи зыщызыгъэса Ласицкене (Кучинэ) Марие.
Лъагэу дэлъеинымкIэ Европэмрэ дуней псомрэ я иджырей чемпионкэ ди лъахэгъур япэ ищащ къызэдэжэнымкIэ ехъулIэныгъэ инхэр зиIэ Инджылызым щыщ Мьюр Лор.
- Урысей Федерацэм щыщу «Track and Field» америкэ журналым нэхъапэм тригъэкIуахэм хохьэ ди спортсменкэ цIэрыIуэ Исинбаевэ Еленэ. Абы щэнейрэ апхуэдэ пщIэ къылъысащ икIи Марие зыхущIэкъун иIэщ, - жиIащ Габрилян Геннадий и гъэсэным и текIуэныгъэм щытепсэлъыхьым. - Ар етIанэгъэ Исинбаевэм лъэщIыхьэжыфынущ. Абы папщIэ Марие зыхуей псори иIэщ.
Ди къэралми хамэ щIыпIэхэми нэгъабэ лъандэрэ зыхэта зэхьэзэхуэ псоми Ласицкене (Кучинэ) Марие щытокIуэ икIи метритIым щIигъу лъагагъыр тыншу къыщещтэ.
Къаудыгъу Заур.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "334.txt"
} |
Дыщэмрэ Дунейпсо кубокымрэ зи Iэрылъхьэхэр
БэнэкIэ хуит
Якутск и «Триумф» спорткомплексым гъатхэпэм и 16-мрэ 17-мрэ щекIуэкIащ бэнэкIэ хуитымкIэ Дунейпсо кубокыр къэхьынымкIэ зэхьэзэхуэ. Абы текIуэныгъэр къыщызыхьа Урысей Федерацэм и командэм хэтащ адыгэ щIалэхэу ЗэкIуий Анзоррэ БищIо Тимуррэ.
Дунейпсо кубокым щIэбэныну Якутск къэкIуат США-м, Тыркум, Ираным, Японием, Кубэм, Монголием, Куржым я командэ лъэщхэр. Урысей Федерацэм и бэнакIуэхэм абыхэм зы Iэмали иратакъым.
Ди къэралым и щIыхьыр зыхъумэнухэм хагъэхьат ЗэкIуий Анзоррэ БищIо Тимуррэ. Ахэр зыхэта хьэлъагъхэм я зэпеуэм зэIущIэ тIурытI щрагъэкIуэкIати, тIуми текIуэныгъэхэр къыщахьащ. Анзоррэ Тимуррэ я хьэрхуэрэгъухэр псори зэхэту 40:2-уэ зэрыхагъэщIам къегъэлъагъуэ Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам ди щIалэхэр лъэ быдэкIэ зэрыхыхьар. Ахэр щыбанэ килограмм 70-мрэ 74-м нэсымрэ зэныкъуэкъуныгъэхэр щынэхъ ин дыдэхэм ящыщщ.
Илъэси 8 дэкIауэ Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам бэнэкIэ хуитымкIэ Дунейпсо кубокыр къихьащ. Зыхэта гупым абы бжьыпэр щиубыдащ, Кубэм (9:1-уэ), Японием (8:2-уэ), Тыркум (10:0-у) ефIэкIри.
Дыщэ медалхэмрэ Дунейпсо кубокымрэ щыщIэбэна кIэух зэIущIэм ди щIалэхэм шэч къызытумыхьэн текIуэныгъэ къыщыфIахьащ етIуанэ увыпIэр зыубыда Ираным (9:1-уэ).
США-м зэрихьэну визэ Iуэхухэр зэрызэхагъэзэрыхьам къыхэкIыу, Урысей Федерацэмрэ Иранымрэ я спортсменхэр зримыхьэлIа зэхьэзэхуэм нэгъабэ Дунейпсо кубокыр къыщызыхьа Америкэм и Штат Зэгуэтхэм я бэнакIуэхэр иджы ещанэщ. Жэз медалым щыщIэбэна зэIущIэм абыхэм Японием и командэ къыхэхар 6:4-уэ щыхэгъэщIащ.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, Урысей Федерацэм и бэнакIуэ хуитхэм иджы ебланэу Дунейпсо кубокыр къахь. НэхъапэIуэкIэ апхуэдэ ехъулIэныгъэхэр щаIащ Мэзкуу (1992, 2010 гъэхэм), Стиллуотер (США-м, 1998 гъэм), Красноярск (2007 гъэм), Владикавказ (2008 гъэм), Мэхъэчкъалэ (2011 гъэм) къалэхэм щекIуэкIа зэпеуэхэм.
Ди лъахэгъухэу БищIо Тимуррэ ЗэкIуий Анзоррэ Дунейпсо кубокым къищынэмыщIауэ, дыщэ медалхэмрэ ахъшэ саугъэтхэмрэ къыхуагъэфэщащ. Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам и тренер нэхъыщхьэ Тедеев Дзамболат зэрыжиIамкIэ, абыхэм куэдкIэ щогугъ икIи къэкIуэну дахэ яIэу хуегъэфащэ.
Хьэтау Ислъам.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "335.txt"
} |
Дунейм щыхъыбархэр
Iэщэхэр ирагъэщэнукъым
Новэ Зеландием и премьер-министр Ардерн Джасиндэ Iэ щIидзащ шэ куэд зэрыплъхьэ хъу Iэщэ лIэужьыгъуэхэр я деж щащэу икIи щызэрахьэу мыдэным теухуа унафэм.
«Къэралым и министрхэм я кабинетыр арэзы хъуащ Iэщэ зехьэным теухуа законым хэплъэжыну, абы зэхъуэкIыныгъэхэр хилъхьэну. Иджы дэ жыдоIэ зэребгъэрыкIуэ, полуавтоматикэ Iэщэ лIэужьыгъуэхэр Новэ Зеландием щызэрахьэну зэрыхуимытыр», - жиIащ правительствэм и унафэщIым.
Крайстчерч къалэм дэт Аль-Нур, Линвуд мэжджытхэм гъатхэпэм и 15-м, жумхьэ нэмэз махуэм, щалэжьа щIэпхъаджагъэхэрщ апхуэдэ унафэ къащтэным лъабжьэ хуэхъуар. ТхьэелъэIупIэм щIэтхэм ятеуащ IэщэкIэ зэщIэузэда цIыхуиплI. А гузэвэгъуэм хэкIуэдащ а зэманым абыхэм щIэта цIыху 500-м щыщу муслъымэн 50, апхуэдизи уIэгъэ хъуащ. А гузэвэгъуэр я деж зэгуэр къыщыхъуа нэхъ гуауэшхуэ дыдэхэм ящыщу къалъытащ къэралым и унафэщIхэм.
ЦIыху мамырхэм ятеуа щIэпхъаджащIэхэм яIыгъа полуавтоматикэ Iэщэм хуэдэхэр нэхъ пасэу къэзыщэхуауэ зиIэхэми ар къеIыхыжыным, абыхэм я деж ахэр къыщыщэхужыным теухуауэ зэфIагъэкIынухэри щаубзыхуащ къэралым и правительствэм а Iуэхум теухуауэ иригъэкIуэкIа зэIущIэм.
Апхуэдэ Iэщэ лIэужьыгъуэхэр Новэ Зеландием дяпэкIэ щызезыхьэну хуитыр, полицэмрэ дзэмрэ хэтхэмрэ нэмыщI, фермерхэрщ - зэран къахуэхъу хьэкIэкхъуэкIэхэм, шынагъуэ къезыт нэгъуэщIхэми ярипэщIэтын папщIэ.
Къалащхьэми цIэр зэрахъуэкI
Къэзахъстаным и къалащхьэ Астана зэреджэр НурсулътIан жиIэу зэрахъуэкIыну унафэ щащIащ а къэралым. Апхуэдэ жэрдэм къыхэзылъхьар къэралым и президентыщIэ Токаев Къасым-Жомартщ.
Илъэс 30-м нэблагъэкIэ къэралым и унафэщIу щыта Назарбаев НурсулътIан и цIэр я щыхьэрым фIащыным и телъхьэу зэдэарэзыуэ гъатхэпэм и 20-м Iэ яIэтащ а къэралым и Парламентым и депутатхэм.
Урысейм щафIэгъэщIэгъуэн хъуащ а хъыбарыр, уеблэмэ ар зыфIэдыхьэшхэнхэри мащIэкъым. «Ярэби, а цIэр илъэс дапщэкIэ зэрихьэну пIэрэ а къалэм? Зыпэмыплъа зэхъуэкIыныгъэхэр къэхъумэ, Назарбаевым иджыпсту хуащI пщIэри щIыхьри «къаймымэщIэкIыжыну» пIэрэ а унафэм арэзы техъуахэм?» - жыпIэу урегъэгупсыс.
Совет Союз къэралыгъуэм и тхыдэм упхыплъыжмэ, апхуэдэ щапхъэхэр мащIэкъым - къэрал унафэщIхэм я цIэхэри щагъэпудыжахэр, утыкухэм уардэу ита абыхэм я фэеплъхэри къыщракъутэхыжахэр ди нэгу щIэкIащи, нобэ тлъагъухэми шэч къытыдохьэ.
Нобэ
♦Балтие тенджызым и дунейпсо махуэщ
♦Псыхэм я дунейпсо махуэщ
♦Таксистым и дунейпсо махуэщ. 1907 гъэм Лондон (Инджылыз) и уэрамхэм къыдыхьащ икIуа гъуэгуанэм и кIыхьагъымрэ абы пэкIуэ уасэмрэ къэзыгъэлъагъуэ счётчикхэр зытет автомобилхэр. Ди зэманым таксихэр дуней псом къыщалъытэ цIыхухэм Iуэхутхьэбзэ нэхъыбэ дыдэ яхуэзыщIэхэм ящыщу.
♦1874 гъэм Нью-Йорк и Стейтен Айленд щIыпIэм дунейм щыяпэу щрагъэкIуэкIащ теннисышхуэмкIэ зэпеуэ.
♦1888 гъэм футбол клуб 12-м я лIыкIуэхэм Лондон щрагъэкIуэкIа зэIущIэм къыщызэрагъэпэщащ Инджылызым и футбол лигэр.
♦1895 гъэм Париж къалэм Люмьер зэкъуэшхэм япэ кинофильмыр щагъэлъэгъуащ. «ЛэжьакIуэхэр Люмьер заводым къыдокIыж» - арат а фильм кIэщIым зэреджэр.
♦1897 гъэм «Славянский базар» рестораным и пэш щхьэхуэм щызэIущIэри зэпсэлъылIащ урыс режиссёр, театр лэжьакIуэ цIэрыIуэхэу Немирович-Данченкэ Владимиррэ Станиславский Константинрэ. Абдеж ахэр щызэгурыIуауэ щытащ Москва художественнэ театр къыщызэгъэпэщыным теухуауэ. МХТ-р къыщызэрагъэпэща махуэу къалъытэ ар.
♦1933 гъэм Германием и Мюнхен къалэм пэмыжыжьэу иIэ Дахау щIыпIэм деж щащIащ япэ фашист концлагерыр.
♦1943 гъэм фашистхэм ягъэсащ е яукIащ Белоруссием щыщ Хатынь къуажэм дэсахэр – цIыхуи 149-рэ.
♦1945 гъэм Каир къалэм (Мысыр Республикэ) Хьэрып къэралхэм я лигэ къыщызэрагъэпэщащ. ЯпэщIыкIэ абы хыхьат Мысырыр, Сириер, Ливаныр, Иракыр, Трансиорданиер (иджырей Иорданиер), Сауд Хьэрыпымрэ Йеменымрэ.
♦1951 гъэм Москва и Шаболовкэ телецентрыр и лъабжьэу СССР-м лэжьэн щыщIидзащ Телевиденэм и студие нэхъыщхьэм.
♦1995 гъэм космонавт Поляков Валерий ЩIым къэкIуэжащ, хьэршым щыIэнымкIэ дунейпсо рекорд игъэувауэ. Ар махуэ 437-рэ сыхьэт 18-кIэ уэгум итат.
♦1915 гъэм къалъхуащ актёр цIэрыIуэ, СССР-м и цIыхубэ артист Жжёнов Георгий.
♦1928 гъэм къалъхуащ РСФСР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ Жамбэч Мухьэдин.
♦1936 гъэм къалъхуащ Биологие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъМУ-м и профессору икIи и япэ ректору щыта, КъБР-мрэ УФ-мрэ щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ ФиIэпщэ Борис.
♦1949 гъэм къалъхуащ франджы актрисэ цIэрыIуэ, режиссёр Ардан Фанни.
♦1951 гъэм къалъхуащ совет кхъухьлъатэзехуэ-космонавт, Совет Союзым и ЛIыхъужь Манаров Муса.
♦1958 гъэм къалъхуащ Урысей уэрэджыIакIуэ, музыкант, УФ-м щIыхь зиIэ и артист Сюткин Валерий.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, уэшх тIэкIу къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градуси 4 - 6, жэщым градус 1 - 2 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Шэхур хуабэу яхуз, фызыр щIалэу ягъасэ.
Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "336.txt"
} |
Электрокъарум ехьэлIа Iуэхугъуэхэр ирагъэфIакIуэ
«Кавказ Ищхъэрэм и МРСК»-м и унафэщIхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм щытепсэлъыхьащ электросеть комплексым и лэжьыгъэр зэрегъэфIэкIуапхъэм.
Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым зыщызыужь экономикэр зыхуеинухэмкIэ къызэгъэпэща хъун папщIэ щIыналъэхэм я электросеть комплексыр егъэфIэкIуэным пыщIа Iуэхугъуэхэм тепсэлъыхьащ «Кавказ Ищхъэрэм и МРСК» ПАО-м («Россети» ГК-р зыхыхьэр) и Iэтащхьэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий иджыблагъэ щыIущIам.
«Кавказ Ищхъэрэм и МРСК» ПАО-м и генеральнэ директор Зайцев Юрий пщэрылъ къызэрыщищIам тету, абы и къуэдзэ Поляков Сергейрэ «Кавказ Ищхъэрэм и МРСК - «Къэббалъкъэнерго» къудамэм и унафэщI Къарэ Муртазрэ компанием и Iуэху бгъэдыхьэкIэмрэ мурадхэмрэ наIуэ ящIащ.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбекрэ «Россети» ПАО-м и генеральнэ директор Ливинский Павелрэ иджыблагъэ Москва щызэхуэзам пщэрылъ ящIахэр гъэзэщIа зэрыхъунум. Абы щыгъуэм республикэм и электросеть комплексым и щытыкIэр къалъыта къудейкъым, атIэ лъэныкъуэхэр зэрызэдэлэжьэну щIыкIэри яубзыхуащ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм иджы щызэхэта зэIущIэм щагъэбелджылащ щIыналъэр зэпыу имыIэу икIи шынагъуэншэу электрокъарукIэ къызэрызэрагъэпэщынур. «Кавказ Ищхъэрэм и МРСК - «Къэббалъкъэнерго» къудамэм и унафэщI Къарэ Муртаз зэпкърыхауэ и гугъу ищIащ республикэм и электрокъару отраслым зэман гъунэгъум зэрызиужьыну щIыкIэм, электросетым и объектхэр къэгъэщIэрэщIэнымрэ егъэфIэкIуэнымрэ, электрокъарукIэ цIыхухэмрэ IуэхущIапIэхэмрэ зэпыу имыIэу къызэгъэпэщыным ехьэлIауэ зэфIагъэкIхэм.
Хьэтау Ислъам
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "337.txt"
} |
УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэм и деж щылажьэ Советым и зэIущIэр Матовников Александр Владикавказ щригъэкIуэкIащ. Абы хэтащ КIуэкIуэ Казбек
Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэм и деж щылажьэ Советым и зэIущIэр Матовников Александр вэсэмахуэ щригъэкIуэкIащ Владикавказ къалэм. Абы хэтащ УФ-м Кавказ Ищхъэрэм и IуэхухэмкIэ и министр Чеботарёв Сергей, КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек, округым и субъектхэм я унафэщIхэр, федеральнэ министерствэхэм, ведомствэхэм я лIыкIуэхэр.
ЗэIущIэм щыхэплъащ 2025 гъэм нэсыху тещIыхьа «Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым зегъэужьыныр» къэрал программэм къыхалъхьа IуэхущIэхэм япкъ иткIэ округым и субъектхэм я къэрал властым и гъэзэщIакIуэ орган нэхъыщхьэхэм 2019 гъэм япэ ирагъэщын хуей Iуэхухэм, апхуэдэу псы-хозяйствэ комплексым зегъэужьыным пыщIауэ зэфIэгъэкIыпхъэхэр. Ар къыщызэIуихым Матовников Александр къызэхуэсахэм ягу къигъэкIыжащ УФ-м и Правительствэм 2019 гъэм мазаем и 13-м Урысей Федерацэм и щIыналъэхэм зегъэужьыным теухуауэ къищта стратегием ипкъ иткIэ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округыр Урысейм геостратегие мыхьэнэ зиIэ и щIыналъэу къызэралъытар. «Апхуэдэ стратегием Кавказ Ищхъэрэм щыIэ щIыналъэхэм псынщIэу зегъэужьынымкIэ, абыхэм я къэкIуэнур убзыхунымкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ», - къыхигъэщхьэхукIащ Матовников Александр.
Абы и лъэныкъуэкIэ зэман гъунэгъум къриубыдэу округым и щIыналъэхэм зэфIагъэкIын хуейхэм, а лэжьыгъэр зэблэзыгъэкI орган нэхъыщхьэм - Урысейм Кавказ Ищхърэм и IуэхухэмкIэ и министерствэм - илэжьхэм зэIущIэм щIэсахэр щыгъуазэ ищIащ Чеботарев Сергей. «Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым зегъэужьынымкIэ къагъэщIэрэщIэжа къэрал программэм халъхьа зэхъуэкIыныгъэхэм ящыщщ, - жиIащ министрым, - гъэ къэс Кавказ экономикэ зэхыхьэшхуэ егъэкIуэкIыныр, щIыуэпсым и къэхъукъащIэхэм я зэранкIэ къыкъуэкI къызэрымыкIуэ щытыкIэхэм капитальнэ ухуэныгъэхэр ящыхъумэнымкIэ ябзыхуа Iуэхухэр гъэзэщIэныр».
ЕтIуанэ Iуэхугъуэм хэплъэн щыщIадзэм Матовников Александр къыхигъэщхьэхукIащ Кавказ Ищхъэрэр цIыхухэр ирикъуу псыкIэ къыщызэмыгъэпэща щIыналъэхэм зэращыщыр. Абы къыхэкIыу экологием шынагъуэ къытезыгъэхьэ, апхуэдэу цIыхухэм я узыншагъэр зэIызыгъэхьэнкIэ хъуну щхьэусыгъуэхэм ящыщу УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэм къигъэлъэгъуащ псыхэр зэрауцIэпIыр, абыхэм я Iуфэхэм куэншыб идзыпIэхэр къызэрыщызэрагъэпэщыр, цIыхухэм ираф хъуну псы къабзэр нэхъ мащIэ хъу зэпыту зэрекIуэкIыр. «Округым и щIыналъэм къыщагъэсэбэпа псыхэм ящыщу щыIэ мардэхэм нэс ягъэкъэбзэжыр процент 16-рщ. Мы Iуэхур нэхъри гугъусыгъу къещI псы фIейхэр щагъэкъабзэ ухуэныгъэхэр, ахэр зэрыщIаш бжьамийхэр, псы къабзэр зэрызекIуэ бжьамийхэр жьы дыдэ зэрыхъуар»,- жиIащ Матовников Александр.
«Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым псы хозяйствэмкIэ и комплексым зегъэужьыным пыщIа гугъуехьхэм я IуэхукIэ», «2018 - 2020 гъэхэм Коррупцэм пэщIэтынымкIэ лъэпкъ планыр гъэзэщIа зэрыхъум и IуэхукIэ» зэIущIэм докладхэр щащIащ УФ-м щIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министрым и къуэдзэ Ястребов Сергей, Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэм и къуэдзэ Рабков Игорь сымэ.
КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "338.txt"
} |
Налшык и «Спартак»-м нэхъыбэ дыдэрэ щыджэгуа Наурыз Басир
Наурыз Басир, Бэч Руслани хуэдэу, спорт школым футболым зыщыхуигъэсакъым, ауэ Налшык и «Спартак»-м лъэ быдэкIэ къыхыхьэри, илъэс пщыкIублкIэ (!) зэкIэлъхьэужьу Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр Совет Союзми Урысей Федерацэми щихъумащ. И фIыгъуэми и Iеигъуэми ар командэм и зы Iыхьэ лъэщу щытащ икIи текIуэныгъэхэм я IэфIагъри, къыхэгъэщIэныгъэхэм я дыджагъри мызэ-мытIэу зыхищIащ, псэкIи игъэващ.
1955 гъэм мэлыжьыхьым и 8-м Наурыз Басир Нартан къыщалъхуащ. Футболым щыдихьэхари абы и япэ лъэбакъуэхэр щыхуичари я къуажэращ. Нартаным и цIэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и чемпионатым хэту Налшык и «Эльбрус»-м (1976 гъэм апхуэдэущ зэреджар «Спартак»-м) и тренер нэхъыщхьэ Наурзокъуэ Юрэ гу къылъитэри, республикэм и командэ нэхъыфIым иригъэблэгъащ. Пэжщ, абы щыгъуэм къэралпсо утыку къихьэну хузэфIэкIакъым, топджэгумкIэ и Iэзагъым иджыри елэжьыжын хуейти. Ар къыщехъулIар къыкIэлъыкIуэ 1977 гъэращ. Абы щыщIэдзауэ илъэс зыбжанэкIэ зэкIэлъхьэужьу Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр ихъумэу Совет Союзым и къалэ куэд зэщIигъэхьащ икIи и цIэр фIыкIэ футболым дихьэххэм ягу къинащ. Уеблэмэ, 1985 гъэм Мэзкуу и «Спартак»-м иригъэблэгъауэ щытащ, абы и унафэщIу а лъэхъэнэм лэжьа, тренер цIэрыIуэ Бесков Константин. АрщхьэкIэ ди командэр зэи нэгъуэщIкIэ ихъуэжакъым икIи абы нэхърэ нэхъыбэрэ Налшык и «Спартак»-м и фащэр щызытIэгъа щыIэкъым. ФIыуэ илъагъу командэм дэщIыгъуу Наурыз Басир 511-рэ джэгупIэ губгъуэм къихьащ икIи а бжыгъэр езыгъэфIэкIуэфын щIэх къыкъуэкIыну фIэщщIыгъуейщ. Абы щыгъуэми гупым и пашэу, командэм и капитану илъэс куэдкIэ щытащ.
Гъуащхьауэ къабзэу щымытами, Налшык и «Спартак»-м хэту Наурызым топи 118-рэ я хьэрхуэрэгъухэм яхудигъэкIащ. АбыкIэ япэ къитыр Гъубж Вячеславрэ (136-рэ) Кугъуэт Эдуардрэщ (122-рэ). 1982 гъэм Бэч Руслан и гъусэу ди командэм и гъуащхьауэ нэхъ Iэзэ хъуащ. ЗэIущIищым топ щырыщ, пщыкIузым тIурытI щыдигъэкIащ, адрейхэм зэрызэ къыщыхэжаныкIащ.
1993 гъэм и кIэухым, и ныбжьыр илъэс 39-м иту, топ джэгуным хэкIыжащ. АрщхьэкIэ занщIэу IэщIыб хуэщIакъым фIыуэ илъагъу, и щIалэгъуэр щигъэкIуа футболыр. Урысей Федерацэм и ещанэ лигэм хэтыну «Спартак-2»-р (иужькIэ «Нарт» зыфIащыжар) Нарткъалэ къыщыщызэрагъэпэщым абы и тренер нэхъыщхьэу ягъэуващ. 1995 - 1996 гъэхэм а къалэн мытыншыр ехъулIэныгъэхэр иIэу ирихьэкIащ икIи командэщIэр урысейпсо утыкум лъэ быдэкIэ щигъэуващ.
Хабзэ дахэ, гъэсэныгъэ екIу, зэпIэзэрытыныгъэ ин хэлъу джэгупIэ губгъуэм ита, я хьэрхуэрэгъухэм яхудигъэкIа топхэмкIэ Налшык и «Спартак»-м текIуэныгъэ куэдхэр къыхуэзыхьа Наурыз Басир нобэми футболым дихьэххэм пщIэшхуэ къыхуащI икIи къыдэджэгухэр къызэреджэу щыта «Бася» цIэ гъэфIэныр ящыгъупщэркъым. Ар хэти и хьэщIэ лъапIэщ, ныбжьэгъуфIщ, ущиякIуэ Iущщ.
Жыласэ Заурбэч.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "339.txt"
} |
Шахматхэр - курыт еджапIэм
Егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэр зэхъуэкIыныгъэхэр щIэх-щIэхыурэ зыхалъхьэщ. Иужьрейуэ абы къыхалъхьахэм ящыщщ зэреджэ программэм шахматхэр Iэмал имыIэу хагъэхьэн хуейуэ. А жэрдэмыр хэIущIыIу иджыблагъэ ищIащ УФ-м егъэджэныгъэмкIэ и министр Васильевэ Ольгэ.
А Iуэхум теухуауэ къыжыIапхъэщ шахматхэм ныбжьыщIэхэр зэрыхуегъэджапхъэ программэ щхьэхуэхэмрэ тхылъхэмрэ зэрыщыIэр. Министрым къыхилъхьа жэрдэмыщIэм щытепсэлъыхьым, УФ-м ШахматхэмкIэ и федерацэм и президент Дворкович Аркадий къыхигъэщащ сабийхэм я хьэл-щэныр тэмэму зэтеувэн папщIэ шахмат джэгуным мыхьэнэшхуэ зэриIэр. Къапщтэмэ, абы ныбжьыщIэм зыхрегъащIэ бгъэдэлъ жэуаплыныгъэр, гупсысэр зи лъабжьэ Iуэху зехьэкIэми хуеущий.
Ди республикэм и еджапIэхэми щыдаIыгъащ Васильевэм къыхилъхьар. Къбгъэлъагъуэмэ, Бахъсэн къалэ округым и администрацэм и Iэтащхьэ Мамхэгъ Хьэчим унафэ ищIащ щIыпIэм хиубыдэ курыт школ псоми шахматхэр зэрегъэджыпхъэ программэхэр щаубзыхуну. Администрацэм и пресс-IэнатIэм и лэжьакIуэ Балъкъыз Аминэ зэрыжиIэмкIэ, школхэм апхуэдэу щызэрагъэпэщ абы щхьэкIэ зыхуеину хьэпшыпхэр, класс щхьэхуэри къызэIуах.
Къыхэгъэщыпхъэщ щIыпIэ Iэтащхьэм и унафэр егъэджакIуэхэми, еджакIуэ цIыкIухэми, адэ-анэхэми гунэс зэращыхъуар. Школ унафэщIхэм я мурадщ Iуэхум адэкIи зрагъэубгъуну. Мыгувэу ирагъэкIуэкIынущ шахматхэмкIэ япэ щIыпIэ зэпеуэхэр.
КЪАРДЭН Маритэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "34.txt"
} |
НэхъыфIхэр адэкIэ макIуэ
Алыдж-урым бэнэкIэ
Ставрополь къалэм щекIуэкIащ илъэс 23-рэ иримыкъуахэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ. Ди спортсменхэм абы щызыIэрагъэхьащ дыщэ медалу 2, дыжьыну – 3, жэзу - 4.
Зэхьэзэхуэм пашэныгъэр щаубыдащ Къурашэ Беслъэнрэ (кг 55-рэ) Тэхъу Ислъамрэ (кг 82-рэ). ЗымащIэкIэ абыхэм къакIэрыхуащ Дзыгъул Ибрэхьим (кг 63-рэ), Къуэжей Азэмэт (кг 72-рэ), Соблыр Тамерлан (кг 130-рэ) сымэ. Жэз медалхэр зыIэрагъэхьащ Хьэбалэ Къантемыр (кг 60), Баллуев Iэмин (кг 60), Щамырзей Къантемыр (кг 72-рэ), Хьэхокъуэ Темыркъан (кг 87-рэ) сымэ.
Мы зэхьэзэхуэм нэхъыфIу зыкъыщызыгъэлъэгъуахэр ирагъэблэгъэнущ мэлыжьыхьым и кIэухым Мэзкуу щызэхэтыну Урысейм и зэхьэзэхуэм.
КЪЭХЪУН Бэч.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "340.txt"
} |
Ди щIалэхэм я зэфIэкI лъагэ
БэнэкIэ хуит
Воронеж къалэм мы махуэхэм щекIуэкIащ Курыт федеральнэ щIыналъэм цIыхухъухэм бэнэкIэ хуитымкIэ я чемпионат.
Мэзкуу областым и командэ къыхэхам хэту абы щыбэна Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ спортсменищым зы дыщэ медалрэ жэз медалу тIурэ къахьащ.
Зи хьэлъагъыр килограмм 79-м нэблагъэхэм я деж чемпион щыхъуащ Щхьэлыкъуэ щыщ Шаваев Малик. Жэз медалхэр зыIэрагъэхьащ налшыкдэс Къущхьэ Хьэжы-Муратрэ (кг 74-рэ) Къэщкъэтау щыщ Чаттаев Мухьэмэтрэ (кг 61-рэ).
Ди спортсменищми Iэмал къахукъуэкIащ Урысейм и чемпионатым зыкъыщагъэлъэгъуэну.
ЖЫЛАСЭ Замир.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "341.txt"
} |
ЗымащIэкIэ къыкIэрыхуащ
Атлетикэ хьэлъэ
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ спортсмен Гъуэрдэгъуэжь Беслъэн дыжьын медаль къыщихьащ ныбжьыщIэхэм атлетикэ хьэлъэмкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэм.
Тхьэмахуэ блэкIам «Юность Москвы» физкультурэ-спорт комплексым щызэхэтащ зи ныбжьыр илъэс 15-18, 19-20-хэм ит щIалэ, хъыджэбз цIыкIухэм я къэралпсо зэпеуэ.
Двоеборьем псори зэхэту килограмм 302-рэ къэзыIэта Гъуэрдэгъуэжь Беслъэн 1 килограммкIэ къыкIэрыхуащ Новосибирск щыщ Долбышев Тимур икIи дыжьын медалыр къылъысащ.
Спортсменым зыщегъасэ Iэпщэ Анатолэ и деж.
Мэзкуу Къанщобий.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "342.txt"
} |
«ДАКЪИКЪЭ ЗАКЪУИ ГУР МЫПСЭХУ…»
ЕтIощIанэ лIэщIыгъуэм къриубыдэу адыгэ усэм зэхъуэкIыныгъэ ин къехъулIащ. Илъэс щэ бжыгъэкIэ жьэрыIуатэу къэгъуэгурыкIуа адыгэбзэм пIалъэ кIэщIым къриубыдэу тхыгъэ игъуэтри, а тхыгъэм зиубгъуа нэужь зэрыцIыхубэу тхэф-еджэфу къыщIидзыжащ. ИкIи абы кърикIуащ жьабзэм и гуэгъуу тхыбзэ-литературэбзэр къэунэхунри, усыгъэр а литературэбзэм и хабзэм техьэнри.
Дэхуэхыпэну зыхуэфащэ дыдэхэм ди тхьэм дахибжауэ къыщIэкIынутэкъыми, литературэр зэпэщыным и нэхъ гуащIэгъуэ лъэхъэнэм - 1920 гъэхэм къыщегъэжьауэ лIэщIыгъуэм икухэм фIэкIыху - абы дэ къыдитащ а къалэн иныр екIуу зыгъэзэщIэфын усакIуэ пажэ гуп псо, ЩоджэнцIыкIу Алийрэ КIыщокъуэ Алимрэ хуэдэхэр я гъуазэу. Дауи, япэ итахэр зыпэрыувар IэнатIэ гугъу дыдэт. Ауэ абыхэм хаша лъагъуэр адэкIэ гъуэгу гъэхъун хуейщ, икIи, жыпIэнурамэ, а IэнатIэр куэдкIэ нэхъ тыншкъым, гъуни иIэкъым, лъэпкъымрэ и бзэмрэ псэуху, усыгъэми зихъуэжурэ гъащIэм дэбэкъуэнущи. Дэмыбакъуэрэ, зимыужьрэ - литературэми, лъэпкъыбзэми, езы лъэпкъ дыдэми я Iуэхур мыщIагъуэу аращ. ЩIагъуэу щытын щхьэкIэ япэ итахэм яхуэфэщэжын щIэблэ узыншэ къащIэмытаджэу хъунукъым.
Дэтхэнэ зыри тхэф-еджэф щыхъум деж тхэныр зи IуэхущIафэхэри нэхъыбэу къоунэху, абыхэм ящыщ зыкъомми усэ зэхалъхьэну тогушхуэ, тегушхуахэм ящыщ гуэрхэми ар мыIейуэ къайхъулIэнкIэ мэхъу. АрщхьэкIэ абыхэм ящыщу лъэпкъ литературэм и тхыдэм лъэбакъуэщIэ езыгъэчыфын хуэдэ усакIуэ нэгъэсауэ къахэкIыр шыбзэ зыбжанэм икIа закъуэтIакъуэщ. Мис а закъуэтIакъуэхэм ящыщ зыщ Уэрэзей Афлик Пщымахуэ и къуэр. Абы и адыгэбзэ дахэр, и усэхэм ящIэлъ гупсысэ телъыджэхэр, образ гъэщIэгъуэнхэр адыгэ усыгъэм и дахапIэхэм ящыщу япэ дыдэ бгъэлъэгъуэн сатырым хэбгъэувэмэ, ущыуэнукъым.
Ар 1947 гъэм Къулъкъужын Ипщэ къуажэм къыщалъхуащ. Курыт еджапIэр къызэриухыу дзэм къулыкъу ищIэну яшэри, илъэсищкIэ абы щыIауэ къыщигъэзэжым КъБКъУ-м и адыгэбзэ къудамэм щеджэну щIэтIысхьащ, иужькIэ Москва дэт Литературэ институтым зригъэдзыжри, ар нэхъыфIу еджахэм ящыщу къиухащ. И хэкум къигъэзэжа нэужь, Афлик «Адыгэ псалъэ» (нэхъапэм и цIэу щытар «Ленин гъуэгущ») газетым, «Iуащхьэмахуэ», «Нур» журналхэм щылэжьащ икIи сыт хуэдэ IэнатIэ пэрымытами, IэкIуэлъакIуэу игъэзащIэу кърихьэкIащ, ауэ усэ тхыным япэ зы Iуэхуи иригъэщакъым.
УсакIуэм и зэфIэкIыр и Iэдакъэ къыщIэкIахэм я бжыгъэ къудейкIэ къапщытэу щытамэ, щыIэнут Уэрэзейр хьэгъунэ къыдэзымыгъэплъын Iэджи, абыхэм яхэтщ илъэс-илъэситI нэхъ зэхуакушхуэ ямыIэу зы тхылъ къыдэзыгъэкI, илъэс зыбгъупщIым къриубыдэу том Iув зытIущу усыгъэ зэхуэхьэсахэр зыгъэхьэзыр. Уэрэзейр усэкIэ утыку къыщихьа махуэм щегъэжьауэ дунейм ехыжыху - илъэс плIыщIым щIигъум къриубыдэу - абы итхауэ къэнар тхылъ пIащIэ цIыкIу зытхух къудейм изщ. Абы щыгъуэми, дэтхэнэ и зы тхылъри усэщIэ зэфэзэщу щытакъым, атIэ, усакIуэ куэдым зэрахабзэу, езым нэхъ игу зыхуэзэгъахэмрэ, тхылъеджэхэм ягу ирихьауэ щIэупщIэ нэхъ зиIэхэмрэ тIэурэ щэрэ къытригъэзэжу щытащ икIи апхуэдэ усэхэр мащIэкъым. Ар къэплъытэмэ, абы и Iэужьу къызэринэкIар я бжыгъэкIэ куэд дыдэ хъуркъым, уеблэмэ мащIэщ. Ауэ усэми усакIуэми я пщIэр къызэрылъытапхъэр бжыгъэракъым, мыбдежым щэм нэхърэ щэ и уасэу зыр нэхъ щылъапIэщ. Уи псэр зымыхьэхуну, укъеджамэ, гулъытэншэу къэбгъэнэну, езы авторым и псэм щыщ хъуахуэ зыхимылъхьауэ усэ закъуи иIэкъым Уэрэзейм. Пэжщ, абы и Iэдакъэ къыщIэкIа псори зэхуэдэу шедевр защIэкъым, нэхъ къехъулIарэ нэхъ къемыхъулIарэ зимыIэ автор дэнэ къипхын. ИтIанэми, Афлик и тхылъым и дэтхэнэ напэкIуэцIми уи нэ къыфIэнэн, узыхьэхун гуэр къызэрибгъуэтэнум шэч хэлъкъым. Япэ дыдэ утыку кърихьа усэхэм щегъэжьауэ абы къыкъуэщат усакIуэ къызэрымыкIуэм и талантыр. Абы и зы щыхьэтщ автор зи къежьэгъуэ гупым 1974 гъэм къызэдыдагъэкIа «Япэ псалъэ» тхылъ цIыкIум ит мы усэр (ар инкъыми, зэрыщыту къэтхьми хъуну къытфIощI):
Мазэр щымщ,
Тегъэхуауэ тхьэкIумэр,
Уэрэ сэрэ жытIэнум къыпоплъэ.
Жыгхэр щымщ,
Къагъэшауэ къудамэр,
Уэрэ сэрэ ди нэгум къыщIоплъэ.
Щымщ гъэгъахэр,
Къуршыжьхэри щымщ.
Сэ бжесIэнут зыгуэр куэд щIауэ,
Ауэ сэри сыщымщ,
Сыщымщ,
Уи дахагъым бзэншэ сищIауэ.
Мы усэм щынэрылъагъущ зи щIалэгъуэ авторым Iурылъ адыгэбзэ дахэри, а бзэм и Iэмалхэр игъэIурыщIэурэ теплъэгъуэ телъыджэ нэгум къызэрищIигъэхьэфри. Дунейр къызэрыунэхурэ инуи цIыкIууи цIыху Iэджэ тетащ. Ауэ зэпсэгъуитI зэхуэзам я зэхуаку къыдэхъуэ хъуаскIэм езы дунейм и къэкIуэнухэр апхуэдизкIэ куэду елъытащи, абы нэхърэ нэхъ лъапIэ зыри щыIэу къыщIэкIынукъым, жыуегъэIэ. Ар усакIуэм псэм дыхьэу къиIуэтащ «щым» псалъэ закъуэр зи курых сатыр зыбжанэмкIэ: цIыхуракъым мазэм дэплъейр, икIи аракъым жыгхэм я инагъыр зыгъэщIагъуэр, гъэгъа дахэхэмрэ къурш уардэхэмрэ фIэтелъыджэу еплъыр. А езыхэр - мазэри, жыгхэри, гъэгъа телъыджэхэри, къурш дыдэхэри - псори зэпщIэкIауэ зыхуэплъэр ныбжьыщIитIым я Iуэхумрэ а тIум къапэщылъ гъащIэмрэщ. Аращ дунейм и дахагъри, и IэфIагъри зэлъытар, аращ уафэгум ит мазэ щIыIэрэ псэншэм псэ къыхэзылъхьэу и «тхьэкIумэр тегъэхуауэ» зыщIэзыгъэдэIур, Iэджи зылъэгъуа жыгыжьхэр, «къагъэшауэ къудамэр», ипэкIэ къэхъунум пэзыгъаплъэр, езы къуршыжьхэу илъэс мелуанырыбжэхэм зезыгъэущэхур. Псалъэхэр мащIэми, я купщIэкIи щызщ, я теплъэкIи дахэщ.
«Щым» псалъэр мы усэм гъуэщауэ къыхэбжьэхъуакъым. Уэрэзейм и усыгъэм пIэщIэнымрэ макъым зегъэIэтынымрэ зэи и хьэлкъым. Ар кIэлъыпIащIэркъым къимыгъазэу лъэта зэманым икIи абы зыдригъэкIун щхьэкIэ псалъэ жьгъырухэр къигъэсэбэпыркъым. Хэхауэ уси иIэщ абы, «Щымыгъэ» фIищауэ.
«Щым дахэм и макъыр лъахъшэщ,
Щым дахэм и щIыхьыр инщ», -
жеIэ усакIуэм, щымурэ, ауэ и гуащIэр зыхуэдэр зыхыумыщIэнкIэ Iэмал имыIэурэ зызыгъазэ езы дунеижьым и щэхур абы къыхуиIуэтам хуэдэу. НэгъуэщI зы усэми аргуэру а темэм къыщытрегъазэри, мыпхуэдэу етх:
Хуэму къотэдж пшэкIэплъыр,
Дыгъэ къыщIэкIыр хуэмщ,
Щыму къотIэпI жыг гулъыр,
Гурылъ нэхъ къабзэр щымщ.
Пэж дыдэу, Уэрэзей Афлик и Iэужьхэм ухэплъэжмэ, хэзыIэтыкI нагъыщэр зыпыбгъэувэн псалъэхэм ящыщ къигъэсэбэпауэ зэзэмызэххэ мыхъумэ урихьэлIэркъым.
Ар езы усакIуэми и хьэл-щэн дахэм ещхьыжщ: Афлик зэи щытакъым утыкуакIуэу, хуэмышыIэрэ япэ илъадэу, езым зыкъыхигъэщын щхьэкIэ, и макъым зригъэIэту. Адыгэхэм зэрыжаIэу, ар цIыху зэпIэзэрытти, и акъылыр тIысагъэххэу къалъхуам хуэдэт, губжьын, кIиин-гуоун и хьэлтэкъым, цIыкIуфэкIукIи и пIэ къыпхуишынутэкъым. Ауэ зэувэлIа Iуэхур кIэрыупцIэ-тецIэлэжу къигъэнэнкIэ Iэмал иIэтэкъым, езым игу хуэмызэгъауэ, зэрыхуей дыдэм темыIэбауэ къигъанэртэкъым. Дэтхэнэ къызэрыгуэкI Iуэхуми апхуэдэу бгъэдыхьэ лIы щыпкъэр усэми зэрыхущытыр, дауи, апхуэдэ дыдэут: хуэмыпIащIэу, темэ къыхихамрэ абы трижыIыхьыну зыхуеймрэ зыр зым хуэфэщэж мыхъуауэ утыкум къримыхьэу, кърихьа хъуар гуми псэми лъэIэсу, сыт и лъэныкъуэкIи узэщIа хъуауэ - мис апхуэдэщ мы усакIуэм и Iэдакъэ къыщIэкIауэ къэнахэм я нэхъыбапIэр.
Усыгъэр езыр апхуэдэ IэнатIэщи, япэ итахэм ящыщ Iэджэм къамыгъэунэхуа темэщIэ къызэIузых миным зы нэхърэ нэхъыбэ яхэткъым. Мыбдежым гъэщIэгъуэн хъур узытеусыхьым и закъуэкъым, атIэ темэм хуэдэ дыдэу, цIыхубэр ихьэхункIэ мэхъу уи усэм и дахагъми, псалъэхэм я шэрыуагъми, гупсысэу хэплъхьэм и кууагъми. Iэзагъыр къызэрынахуэхэм ящыщщ уи япэкIэ нэгъуэщI куэдыр зытеусыхьа темэм адрейхэм яхужымыIа, хьэмэрэ жамыIэу къэна гуэр уи псалъэр зэхэзыхым гукъинэ щыхъун хуэдэу пхужыIэмэ. Псалъэм папщIэ, и жылэжьым, къыщыхъуа щIыпIэм, адэжь хэкум теусыхьыныр усакIуэхэм я нэхъыбитIым я творчествэм къыхэбгъуэтэн темэщ. ИкIи гугъущ, адыгэ поэзием ухэплъэмэ, КIыщокъуэ Алим Щхьэлыкъуэ зэрыхуэусам, хьэмэрэ Тхьэгъэзит Зубер Тэрч и Iуфэ Iусхэм псалъэ гуапэу къахуигъуэтам, Нало Заур Урыхужь хужиIахэм яужькIэ уэ уи жылэ укъызыдэкIам щIэщыгъуэу зыгуэр къыхуэбгъуэтыну. Ауэ мис Уэрэзейм «Къулъкъужын» зыфIища и усэр: абы къеджа нэужь, а къуажэр зи дежкIэ хьэрэкъуакIэми фIэтелъыджэ хъунщ, и псэм щыщу гум къинэнщ. Зэрихабзэщи, усакIуэм мыбдежми къыщигъэсэбэпыркъым ямылейуэ хэIэтыкIа псалъэхэр; эпитет, метафорэ, гиперболэ ехьэжьахэри плъагъуркъым. Уеблэмэ си къуажэр фIыщэу солъагъу, жиIэу авторым тхьэ щиIуэжыркъым. Ауэ езы псалъэхэм я зэгъэкIукIэ дахэм, макъхэр пшынэбзэм хуэдэу зэрызэпэджэжым, анапест пщалъэм гущэ щIаупскIэм и ритмыр уигу къигъэкIыжу, гъащIэ дызыхэтым и проблемэ жьгъейхэм укъызэрыхишым - а псоми зэгъусэу тхылъеджэр ехьэхури, усэр псэм негъэс, гукъинэ ещI.
Къызитыжыркъым си гум псэхупIэ,
НакIуэ, жеIэр, нэкIуэж Къулъкъужын… -
мы псалъэхэм ямылейуэ зыри хэлъ хуэдэкъым. АрщхьэкIэ усыгъэм ущихьэхунум деж узэрызыщIишэр псалъэ хэIэтыкIа цIуугъэнэхэракъым, псэм дыхьэращ. ЖиIэну зыхуейхэр усыгъэм и хабзэ дахэм игъэзэгъэжауэ мы усэм хэплъэгъуэным щхьэкIэ авторым къуажэм кIуэжыныр пелъыт и сабиигъуэм къигъэзэжыным. Iуэху мыхьэнэншэ Iэджэм хэту щхьэлажьэм ихь иджырей цIыху къызэрыгуэкIым, гъащIэ хьэлъэм иригъэшам и дежкIэ хъуэпсэгъуэтэкъэ гукъеуэр зищIысыр щимыщIэу, гъащIэр зыкIи къыщытемыхьэлъэу щыта сабиигъуэм, пщIыхьэпIэу нэхъ мыхъуми, зэ къыщыхутэжыныр. Махуэм щIалэ цIыкIу джэгум хэту, гъунэгъу жыг хадэм щытеуи къэхъуу, пщыхьэщхьэ хъуамэ - жьы къабзэр щызепщэ кхъужьей щIагъым, хьэмэрэ Iуащхьэжь лъапэм деж лIыжь жьакIэ тхьэмпэхухэм къаIуэтэж лIыхъужь хъыбархэм едаIуэу, нанэ и таурыхъ дахэхэм щIэжеикIрэ ин хъуауэ езыхэми батэ ягъэш хуэдэу епщIыхьыжыну - абы нэхъ насыпышхуэ сыт щыIэ! Зэ еплъыгъуэкIэ къызэрыгуэкIыу къыпфIэщIын псалъэхэр усакIуэм и IэзагъкIэ уэрэдым и нэхъ дахэм хуэдэ мэхъу.
Уэрэзейм и усыгъэхэм нэхъ ядэплъагъухэм ящыщщ, макъамэ зыщIэлъ уэрэдым хуэдэу, псалъэхэр зэгъэкIуауэ зэрыщытыр. Абы нэмыщIу, мы усакIуэм сыт хуэдэ темэ къыхимыхами, ар къыббгъэделъхьэф гъащIэми пыIумыхауэ, икIи уимыхьэхункIэ Iэмал имыIэу романтикэ мотивхэри хэухуэнэжауэ. Апхуэдэщ «Анэшхуэм и таурыхъхэр», «Бэтокъуэ», «Ди мэзым и жэщыр», «Адыгэ уэрэдыжьхэр», нэгъуэщI куэдри... А псоми я цIэхэр къэтхьыну дыхуежьэмэ, усэу Уэрэзей Афлик итхар къедбжэкIын хуей хъунущ. Ауэ щапхъэ къэпхьын щыхъукIэ, узыблэмыкIынщ езы авторым фIэщыгъэ къызыхухимыха мы псалъэхэмкIэ къыхидзэ усэр:
КъухьэпIэм и пшэплъым щыхишурэ гъуэгу,
Шы гуартэр пщыхьэщхьэм нэщхъейуэ мэджэгу,
Гу узыр кIэлъыплъурэ дыгъэр мэтIыс,
КъэтIыс, шынэхъыщIэ, зэ мэуэ къэтIыс.
Мы теплъэгъуэр нэбэнэушэ нэкъыфIэщIым хуэдэщ, пэж дыдэу къэхъумрэ пщIыхьэпIэмрэ зэхэшыпсыхьыжауэ. Абы кIэлъыплъым и нэгум нэхугъэ гуэри щIэлъщ, игури зыгуэрым кърегъэузыкI, езы псалъэхэр къызыбгъэдэкIри ешауэ къыщIэкIынущи, и гъусэ «шынэхъыщIэри» езыри псэм и псэхупIэ гуэр мэлъыхъуэ. Зи шы гуартэри сытми къыбгурыIуащэркъым, къурш джабэм ныбжь тридзэу арами, пэж дыдэу шы гуартэ дыдэми зэхэгъэкIыгъуафIэкъым. Пэжу щытми, ар къыздикIари дэнэ, щIэнэщхъейри сыт? ИтIанэ, «нэщхъейуэ мэджэгу»: а псалъитIыр зэрызэбгъэзэгъынур дауэ - джэгуу щытмэ, ар нэщхъейкъым, ауэ нэщхъеймэ, ар джэгунукъым! Апхуэдизым и зы жэуапи щыIэкъым, щыIапэми, авторым зыри къыджиIэркъым. ЩIэмыхъумэщауэ къыкъуэщыр сыт жыпIэмэ, «къухьэпIэ» псалъэмрэ дыгъэр зэрытIысымрэщ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, а тIуми щIагъыбзэ палъэу ящIэлъщ акъыл къудейкIэ къыпхуэмыпщытэн гупсысэ гуэр, гъащIэм и щэхущ зыхужыпIэну. Абы ущегупсысым деж, зэрыхабзэщи, гурыфIыр, нэшхуэгушхуагъэр йокIуэт. Ар нэхъри наIуэ къещI гуартэм ехьэлIа «нэщхъейуэ» псалъэм. ИтIанэми, мыр гъыбзэкъым, зытеухуари нэщхъеягъуэ гукъутэкъым: гуартэм и гъуэгуу ныбжьыр зытридзэр пшэплъ дахэщ икIи абы усэм хэлъ псалъэхэм нэхугъэ ящIелъхьэри, гу узыр гугъэкIэ щIеIэтэ. Амфибрахий лъэмбищым еплIанэр нэмыгъэсауэ, макъзешэ хэIэтыкIар зи кIэух усэм гурылъ нэхухэри гуныкъуэгъуэхэри зэхэшыпсыхьыжауэ, езы уафэм кIэрыщIа хъыринэм хуэдэу, ныбжьри, къуршхэри, джабэр зи джэгупIэ шы гуартэри зэдыщIеупскIэ - цIыхугури иримыуду, псэ зыIуту мы дунейм тету зыри имыгъэпIейтейуэ, гъащIэм и хьэлъэмрэ и IэфIымрэ зэпимыгуэшу. Дэтхэнэ едзыгъуэми къыщытригъэзэжурэ хэлъщ «шы гуартэр», «дыгъэр», «шынэхъыщIэр», «тIысын» глаголым и плъыфэхэр. АбыкIэ образ курыхыу усэм хэтхэр нэхъри нэхъ куууэ ди псэм нэхъ хегъэтIысхьэ. Езы шы гуартэр ныбжьым хуэдэщи, пкъыгъуэ хэха иIэу къыхэщыркъыми, романтикэ пшэплъым и гъуэзым къызэдихьри ди дунейм къытрихьауэ къыпфIощI. А гъуэзыр уIэбэу къызэрыпхуэмыубыдынум хуэдэу, мы усэм щIэлъ гупсысэри къэубыдыгъуейщ. ИпэжыпIэкIэ жыпIэмэ, усэм Iэмал имыIэу щIэлъын хуейуэ къэувыркъым зы жыпхъэ гуэрым игъэзэгъа идее гуэр - ар языныкъуэхэм деж псэм щыщIэр къызэрыраш Iэмалщ, аращ гусэ усыгъэ, лирикэ жыхуаIэжыр.
Апхуэдэщ мы зи гугъу тщIыри: макъ зэпэджэжхэмрэ уэрэдыпкъым хуэдэу зыхэпщIэ ритмымрэ псэр дахьэхыу, образ хъуэпсэгъуэхэр уи нэгум, пшэ гуэрэну, щIэкIыу, гупсысэгъуэ нэхухэм дыгъэ бзий дахэр къыпхыплърэ къурш джабэр къызэщIигъаблэу, мис мыращ сызыхьэхуар, зыхужыпIэныр къыхэмыщхьэхукIми, усэм хэухуэна зы IэфIыгъэ гуэрым уи гур иубыдарэ уимыутIыпщу. Ар нэщыпхъуэм хуэдэ гъэпцIагъэу щытамэ, узэриубыдам хуэдэу псынщIэу уи гум ихужынурэ лъэужьыншэу бзэхыжынут. Ауэ мы усэр иджыри зэ сыкъеджэжащэрэт жыпIэу узыщIэхъуэпсхэм ящыщщ. Къытебгъэзэжми пIэщIэужагъуэркъым, бужэгъуным и пIэкIэ, япэм гу зылъумытэу къэна хьэлэмэт гуэр хыболъагъуэ, ещанэ-еплIанэу укъеджэжми, щIэщыгъуэр икIыркъым, нэхъри нэхъ куууэ къыппкърыхьэ мыхъумэ. Аращ поэзие нэсым IэфIагъыу щIэлъыр щызыхэпщIэм деж къэхъур. Апхуэдэр сыусакIуэщ жызыIэ дэтхэнэми къехъулIэркъым, ауэ псэм дыхьэу, тхылъеджэм IукIэ зэрихьэну фIэкъабылу зы усэ закъуэ нэхъ мыхъуми къызэхъулIар хэту щытми, абы хуэфащэщ хьэрфышхуэкIэ хэгъэщхьэхукIауэ УсакIуэ хужыпIэныр. Уэрэзейм и Iэужьу адыгэ поэзием и губгъуэм къыщигъэнащ ар щIыжыпIэн усыгъэ куэд.
ЩыIэщ усакIуэ, зы темэ хэха гуэрым дихьэхрэ ар усыгъэ пщалъэм игъэзэгъэныр нэхъ къехъулIэу. Апхуэдэм и творчествэм утепсэлъыхьынри нэхъ тыншщ: абы нэхъыфIу къехъулIэм нэхъ тегъащIэ, нэгъуэщI темэхэм ящыщ зыгуэрхэр къыбгъурыгъэувэжи - зи гугъу пщIы авторым и шыфэлIыфэр зыхуэдэр къэпхутауэ лъытэ. Ауэ Уэрэзей Афлик хьэлэмэту хэлъам щыщщ, сыт хуэдэ Iуэхугъуэм темыусыхьми, псэщIэ зэрыхилъхьэр, япэм уэ къыпфIэмыIуэхуу, гулъытэншэу къэбгъэна куэдыр, умыгъэщIэгъуэнкIэ Iэмал имыIэу, зэрыуигъэлъагъур. Темэу щытынкIэ мэхъу дунейр къызэригъэщIрэ уэрэдрэ усыгъэкIэ ягъэлъапIэ лъагъуныгъэри, адэжь лъахэри, пейзажри, щIыуэпсым и къэхъугъэхэри, гулъытэ гуэри зыхуэмыфэщэххэу къытфIэщI псэущхьэ гуэрри. Абыхэм ящыщ дэтхэнэри дэ ди дежкIэ ауэ сытми къызэрыгуэкIщ, ауэ усакIуэм и псалъэкIэ а мыхьэнэншэу къытщыхъуу щытар ди псэм и хъуахуэ мэхъу - усэм мис апхуэдэ лъэкIыныгъэ хэлъщ!
… Дэ тщыщ дэтхэнэми хьэ хьэулей екIуэлIапIэншэ илъэгъуауэ къыщIэкIынущ. Абы дыхуэзамэ, дымылъагъу хуэдэ зыдощI, зыкIи ди Iуэху хэмылъу къыдолъытэ, ди щIыб худогъазэ, ди нэр худоуфIыцIри, апхуэдэр щымыIэу къыщIидзыну догугъэ. Ауэ усакIуэм и еплъыкIэр нэгъуэщIщ:
Ныжэбэ жэщым
Хьэр мэпщIэу гуузу.
Ныжэбэ жэщым
Мазэм хьэр йокъугъ…
Псэлъафэу «мазэм екъугъ хуэдэ» хужаIэмэ, хьэр делагъэ гуэрым дихьэхауэ къыдогъэкI. Ауэ мыбдежым ар псэлъафэкъым, атIэ усыгъэм хэт образщ: мазэ узылъэмыIэсыным, мазэ щIыIэм уджэкIэ узэрызэхимыхынум хуэдэу, уи гурыгъур зэрызыхимыщIэнум хуэдэу, мы щIылъэм тет цIыхури тхьэмыщкIэм и гуныкъуэгъуэхэм хуэдэгу-хуэнэфщ:
Уэрамым дэтщ, мэжалIэрэ кIэзызу,
Мы дуней псом
ЩимыIэу зы бжэкъуагъ.
Мы сатырхэм нэкIэ урижэм къыщымынэу, къыппкърыхьэмэ, хьэ хьэулейм нэгъуэщIу уеплъынущ. Дауи уемыплъынрэ, мыпхуэдэ псалъэхэр зыхэпщIэмэ:
Мэкъугъыр хьэр,
и къугъыр гъыбзэ хьэлъэу,
Гъуэгуншэ гъуэгуу
уэгум икIуэдащ...
... Хьэ хьэулейщ ар,
Зыми къамыдэжу.
Хьэ хьэулейщ ар,
Къытехьащи лей...
Псэ зыIут дэтхэнэми гулъытэ зэрыхуэщIыпхъэр дощIэ, дыпсалъэмэ, жьэкIэ жыдоIэ, арщхьэкIэ зыми имыдэжу уэрамым къыдэна псэущхьэ хейм и къугъ макъыр абы щхьэкIэ увыIэркъым. Ар апхуэдизу гущIыхьэщи.
Дэ тхуэдэ цIыху къызэрыгуэкIым «къэхъуакъым зыри», - жиIэнщ, и шхыIэн хуабэр зытрипIэжынщи жеижынщ. Ауэ усакIуэр лей зытехьэ псоми я уэчылщ, абы и гур хэт щхьэкIи узыну къигъэщIащ. Хэт и мыгъуагъэри абыи и мыгъуагъэщ, хэт и гурыгъузми ар дэхыщIэну апхуэдэ къалэн Тхьэм абы къыхуигъэфэщащ. Езыри блэкIынукъым, дэри IэфIу дигъэжеинукъым, «зым и псэ тхьэджэм адрейр хуэмыдэгуу» мы дунейр зэтес мыхъуауэ.
А темэм усакIуэшхуэ Iэджэу тетхыхьахэм ящыщщ Кавказри Урысей псори зэрыгушхуэхэу Гамзатов Расул, Кулиев Къайсын, КIыщокъуэ Алим сымэ хуэдэхэр. Абыхэм я ужькIэ мы темэм щIэщыгъуэу зыгуэр хэплъхьэфыныр езыр лIыгъэщ. Уэрэзейми езым и Iыхьэ хилъхьауэ жыпIэ хъунущ мы мотивыр цIыхум зыхригъэщIэным. Хьэм и образыр къигъэсэбэпу, усакIуэм нэгъуэщIхэри къыдиIуэкIыу жыпIэ хъунущ мыбдежым: мы псэ зыпыту къигъэщIахэм ящыщу бзэ зыIурилъхьэжу зэхэщIыкI зыхуигъэфэщар цIыхум и закъуэщ, жыдоIэри дэ зыдогъэпагэ. Ауэ а зи бзэ мыпсалъэ къомым я щхьэ дыщIищIам имыщхьэусыгъуэу пIэрэ а псори зэрыхъумкIэ дэ жэуап тхьыжын зэрыхуейр? Пэжщ, абыхэм я къалэным дыкъыдэхуэу дэ тыншыгъуэшхуэ дымыгъуэтыжынкIэ мэхъу. АтIэ дэ дытыншын, дытхъэн къудейм дыкъыхуигъэщIа? Адрей псэущхьэхэри хъунщ, ауэ дэ тхуэдэ цIыхуу, ауэ дэхуэхауэ, ишхынрэ зы хуабапIэрэ зимыIэу дапщэм демыплъыххэу зыбледгъэхрэ! Хьэмэрэ деплъми, дымыукIытэу дыблэкIрэ! Мис а псоми урегъэгупсыс мы усэ закъуэм, усэ гущIыхьэм, псэм и бампIэр къэзыIуатэм. Езым игури апхуэдэ гурыгъузхэм яIыгъщи, арауэ къыщIэкIынщ усакIуэм щIыжиIэр мыпхуэдэу:
Схуэгъэхъукъым жэщ,
Схуэгъэщкъым нэху,
Дакъикъэ закъуи
Гур мыпсэху.
Усыгъэр къызэрыунэхурэ мыкIуэщIыжхэм ящыщщ бзылъхугъэр гъэлъэпIэныр, абы и дахагъым хуэусэныр. А темэм зезымыпщыта куэд щыIэу къыщIэкIынкъым усэ зэхэлъхьэным тегушхуахэм ящыщу. Ауэ зым иусыр езым и Iум икIыу жыжьэ нэсыркъым, адрейм и псалъэр зэхэзыхам ящыщ куэдым я гум къонэж, языныкъуэхэм деж илъэс пщIы бжыгъэкIи, щэ бжыгъэкIи ящымыгъупщэжу цIыху цIыкIум яIурылъщ. Сэ тхьэлъанэ схуэщIынкъым, Уэрэзей Афлик и лъагъуныгъэ усэхэр зэи мыкIуэдыжыну дунейпсо гупсэ усыгъэм и сантIыкъым илъыну. Ауэ адыгэбзэкIэ тхауэ щыIэ усэ нэхъыфIхэр къыхэпщыпыкIын хъумэ, псалъэм щхьэкIэ мыпхуэдэм ублэкI хъуну си гугъэкъым:
Дыгъуэпшыхь сэ слъэгъуати зы пщащэ...
ЩытеувэкIэ, щIылъэр Iущащэу,
Тхьэмпэ гъуэжьхэр гуфIэжу Iущащэу,
Дыгъуэпшыхь сэ слъэгъуати зы пщащэ!
Мы усэр зэрыщыту сатыр плIырыплIурэ едзыгъуиплI хъууэ арщ, абыхэм ящыщу сатырийр зым и къытегъэзэжым еубыд: «Дыгъуэпшыхь сэ слъэгъуати зы пщащэ». Абыи псалъэ хэIэтыкIа хэлъкъым, прозэ къызэрыгуэкIым хуэдэщ. АрщхьэкIэ а зыри зыхэмылъ хуэдэ псалъэхэм нэри пэри яхьэху. ИкIи а сатырым дапщэрэ къытримыгъэзэжми, и мыхьэнэм хэхъуэ фIэкIа хэщIыркъым. Нэхъри нэхъ куууэ зыхыбощIэ:
Дыгъуэпшыхь сэ слъэгъуати зы пщащэ...
КъысхуэгуфIэщ, сигъэщIри гурыщIэ,
КIуэдыжащ, бзэхыжащ гъуэбжэгъуэщу.
Дыгъуэпшыхь сэ слъэгъуати зы пщащэ!
УсакIуэм къытхуиIуатэркъым а пщащэм и теплъэри, и IуэхущIафэри, ар щилъэгъуа щIыпIэри. Ар миным ящыщ зыщ, арщхьэкIэ мин бжыгъэми зыри яхэткъым дахагъэ гуэркIэ къыхэмыщу, мы дунейр зыгуэркIэ хуэмыгъэдахэу - уэ къэплъагъун хуейуэ аращ. КъыхэплъагъукIын хуейщ мы зэрызехьэм, нэ дахэрэ гурылъ къабзэкIэ. ИтIанэ дунейм и IэфIри псэкIэ зыхэпщIэнущ, дуней зэхэзэрыхьам зы тэлайкIэ укъыхэкIуэтынурэ, дахагъэмрэ къабзагъэмрэ я лъахэм уитынущ.
Дунейпсо усыгъэм псалъэрыIэзагъым и зы пщалъэ нэрылъагъу щыхъуащ европей классикэ усэ гъэпсыкIэм къупхъэу щыува пкъыгъуэхэм уи тхыгъэр дагъуэншэу ибгъэтIысхьэфыныр. Апхуэдэ пкъыгъуэ нэхъ гугъу дыдэу Iэзагъым гъэунэхупIэ хуэхъухэм ящыщщ сонетыр. Абы и щапхъэ телъыджэ я Iэдакъэ къыщIэкIащ Шекспир, Петраркэ, Микеланджело сымэ, нэхъ иужьыжкIэ абы тын лъапIэ хуащIащ Буало, Бодлер, Гейне, урысхэм ящыщу Пушкиным, Блок, Брюсовым, нэгъуэщI куэдми. А пкъыгъуэр усакIуэхэм я дежкIэ Iэзагъым и гъэунэхупIэ хъуащ - сонетыр къохъулIэмэ, усакIуэ нэгъэса ухъуауэ уалъытэу. Дауи, ар зымытхыр хуэмыхуу жытIэу аракъым, итIанэми, къызэхъулIэм фIыщIэр и Iэрылъхьэщ. Сонетым нэхърэ нэхъ гугъужщ сонет Iэрамэ жыхуаIэр. Ар сонет пшыкIутхуу зэхэухуэнащ, пщыкIуплIыр зым икIрэ къыкIэлъыкIуэм къыщытезыгъэзэж сатырхэмкIэ зэпхауэ, яужь дыдэр япэрейхэм ящыщ сатыр зырызыххэу зэпыгъэувэжауэ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, апхуэдэр хуэфэщэн Iэзагъи, гукъыдэжи, гуащIэшхуи пхэмылъу къохъулIэнукъым.
Сабий къэпсэлъагъащIэм и бзэр псынщIэрыпсалъэкIэ ягъэтэрэз хабзэщ. АбыкIэ а цIыкIум и бзэр адыгэ псэлъэкIэм хуэкъута мэхъу. АрдыдэмкIэ ягъэунэху тэмэму псэлъэфымрэ зи бзэгупэр фIыуэ мыкIэрахъуэмрэ. Абы ещхьу, ди усакIуэ нэхъыфI дыдэу къэтлъытэнухэм ящыщ зыбжанэм я Iэзагъыр сонетрэ сонет IэрамэкIэ ягъэунэхужащ. Уэрэзейри ящыщщ тегушхуэу а лъагъуэм тезыубыдэу щхьэдэхыпIэ лъагэм щхьэпрыбэкъукIыфахэм: абы сонет щхьэхуэу иIэхэм нэмыщI, сонет Iэрамэу тIу итхащ, дэтхэнэри лъэпкъ усыгъэм и ехъулIэныгъэхэм ящыщу къэплъытэну!
ХХ лIэщIыгъуэм дэ къытхуигъэфэща адыгэ усакIуэу тхылъ къэзыщтэ дэтхэнэми и псэм нэхъ дыхьэхэм, анэдэлъхубзэм и дахапIэр къэзыгъазэхэм, лъэпкъым и гурыгъу-гурыщIэхэри щхьэ закъуэм и хъуэпсапIэхэри нэхъ гупсэхугъуэрэ Iэзагъышхуэ хэлъу къэзыIуэтахэм, и анэбзэр хэпщIыкIыу зыгъэбэтахэм ящыщ зыщ Уэрэзейр. Дэ абы и Iэдакъэ къыщIэкIа тхылъ зыбжанэм ярыт усэхэм яхэтлъагъуэркъым щхьэхуэу къапщтэурэ утетхыхьыну зыхуэмыфащэ, набдзэгубдзаплъэу уеплъмэ, уи гум ехуэбылIэн гупсысэ, бгъэщIэгъуэн зэгъэпщэныгъэ хьэлэмэт, хьэмэрэ удэзыхьэх макъ зэпэджэж дахэ зыхыумыгъуэтэн. Афлик и усыгъэ тематикэр куэд мэхъу, ауэ, сытым зыхуимыгъэзами, дэтхэнэ зы Iуэхугъуэми щIэщыгъуэ гуэр къыхигъуэтащ.
Уэрэзейр ди литературэм лъэужьыфI къыщызына, ар ипэкIэ зыгъэкIуэта, езыгъэфIэкIуа усакIуэ нэхъ инхэм ящыщ зыщ. Езым зы усэ гуэрым зэрыщыжиIащи, «И пшыналъэ егъэIуж дэтхэнэ зыми». Ауэ зыгуэрым и пшыналъэр зыфIэхьэлэмэтыр езым и закъуэщи, кIуэдыжыгъуафIэ дыдэщ, адрейм и Iэужьыр лъэпкъым и набдзэщи, авторыр илъэс щэ бжыгъэ ипэкIэ узджынтами, и псалъэр псэууэ дунейм тетщ, иджыри апхуэдизкIэ тетынущ. ЩIыр иджыри Iэджэрэ кIэрэхъуэнущ, зэманыр кIуэнущ, Iэджэхэми я тхыгъэ абы и пшагъуэм хилъэфэжынущ. Ауэ лъэпкъыр узыншэу дунейм тетыху, анэдэлъхубзэр зекIуэху, ди усакIуэ нэхъыфIхэм я псалъэр гъуазэу щытынумэ, Уэрэзей Афлик и цIэр куэдрэ иджыри фIыкIэ къраIуэнущ, и творчествэри иджыри куэдрэ къапщытэнущ.
Ди гуапэми, ди жагъуэми, ар нобэкIэ ящыщкъым литературэхутэ еджагъэшхуэхэмрэ критикхэмрэ зи творчествэм хуэфэщэн гулъытэ хуащIахэм, цIэ лъапIэхэмрэ саугъэт лъапIэхэмрэ къызрагъэлъэлъэхыжахэм. Езы Афлики утыкуакIуэу, зи макъым лъагэу зезыгъэIэту щытахэм ящыщакъым. Ар цIыху сабыру, къыхуагъэфащэр и Iыхьэу щытащ, и щхьэм хуэмыфащэ щIэбэнрэ абыкIэ и щхьэр игъэпудыжу зэи зыми илъэгъуакъым. И гугъу умыщIмэ, игъащIэкIэ уи Iуэху зэрихуэнутэкъым, сэ сынэхъыфIщ жиIэу дэуэнутэкъым, зигъэлъэгъуэн къудей щхьэкIи утыкум илъэдэнутэкъым, абы и пIэкIэ щхьэегъэзыпIэ гуэр къигъуэту тхэуэ щысым нэхъ къищтэнут.
АрщхьэкIэ, факъырэ жьакIуэм хьэжыгъэ куэд хех жыхуаIэращ, мы дунеягъэкIэ сыт щыгъуи нэхъ гулъытэшхуэ зылъысыр нэхъыбэрэ нэм къыщIэуэхэращ. Арати, Уэрэзейр, кърикIуапхъэ щIыхьым пэмыплъэу псэ хьэлэлкIэ и IэнатIэм пэрыт Iэджэми яхуэдэу, талантрэ лэжьыгъэкIэ хуэфащэ пщIэр имылъэгъуауэ и дуней Iыхьэр иухри, и щIы Iыхьэр игъуэтыжащ. И псэущхьэ къылъымысар и лIаищхьэкIэ иIуэтэжыным щхьэкIэ абы и къалэмыпэм къыщIэкIахэм лъэпкъымрэ литературэмрэ я дежкIэ мыхьэнэуэ яIэр гъэнэхуауэ къэпщытэныр лъэпкъ литературэр къэзыхутэхэм я къалэн лъапIэщ.
НобэкIэ абы дызэрыхунэмысар зи лэжьэжыр дэращ, ауэ шэч къытесхьэркъым, ди анэдэлъхубзэр зекIуэу щыIэ закъуэмэ, а ди зэхуэдэ щыуагъэр ди яужь итхэм зэрызэрагъэзэхуэжынум - купщIэфI зыхэлъ статьяхэмкIэ, диссертацэхэмкIэ, къэхутэныгъэ тхылъхэмкIэ, адыгэ лъэпкъым и усакIуэм хуищIыж лъагъуныгъэмкIэ. Езы Уэрэзейм и усэхэм ящыщ зым зэрыфIищащи, «Умынэщхъей!», иджыри дунейр Iэджэрэ кIэрэхъуэнущ, ар кIэрахъуэмэ, цIыхупсэр усыгъэ хуэныкъуэнущ. Апхуэдэу щыхъукIэ, Уэрэзей Афлик и цIэр зэманым хэкIуэдэжынукъым.
ГЪУТ Iэдэм, филологие щIэныгъэхэм я доктор.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "343.txt"
} |
ЛЪЭПКЪЫЛIТ, ЩIЭНЫГЪЭЛI IЭЗЭТ
ЦIыпIынэ Аслъэн къызэралъхурэ илъэс 60 ирокъу
Фэеплъ
Лъэпкъ хабзэр и гъащIэ джэлэст
Адыгэ IуэрыIуатэр, лъэпкъ щэнхабзэр ипэжыпIэкIэ зи псэм хэлъу зи гъащIэр езыхьэкI цIыху закъуэтIакъуэхэм ящыщт ди тхыгъэр зытеухуа щIалэр. Ар Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэм я литературэмрэ IуэрыIуатэмкIэ КъБКъУ-м филологиемкIэ и институтым и кафедрэм и унафэщIу лэжьа, «филологие щIэныгъэхэм я доктор», «профессор», «КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэхэмрэ къулыкъу лъагэхэмрэ зыхуагъэфэщэну хунэса, хэкупсэ нэс ЦIыпIынэ Аслъэн Iэмырбий и къуэращ. Аслъэн къикIуа гъуэгуанэм уриплъэжмэ, лъэпкъ нэщэнэхэмкIэ гъэнщIа тхыпхъэщIыпхъэ хьэлэмэтхэр къызытещ алэрыбгъу ин уи нэгу къыщIоувэ. Абы IупщIу къытощ адыгэхэм я дежкIэ мыхьэнэ ин зиIэ икIи абыхэм фIэкIа нэгъуэщI зыгуэрхэми яхуэмыщ Iуэхугъуэ дахэхэр, апхуэдэуи хыболъагъукI а алэрыбгъур къэзыгъэщIам щIэныгъэрэ зэфIэкIрэ, хабзэрэ нэмысу бгъэдэлъамкIэ цIыхухэм я деж къыщихьа пщIэмрэ гулъытэмрэ, хэлъа гъэсэныгъэмрэ абыкIэ нэгъуэщIхэм зэрадэгуэша щIыкIэмрэ. КъигъэщIа и илъэс 51-м (арат абы Тхьэшхуэм хухихар зэрыхъур) къриубыдэу а щIалэм хузэфIэкIамрэ здынэсыфа лъагапIэхэмрэ языныкъуэхэр я гъащIэ псокIэ хуэкIуэф къудейщ. «Акъылыр жьакIэм ежьэркъым» адыгэ псалъэжьри ЦIыпIынэ Аслъэн хуэдэхэм папщIэ къагупсысами ярейт. Псэужамэ, ЦIыпIынэ Аслъэн и ныбжьыр гъатхэпэм и 24-м илъэс 60 ирикъуну арат…
МэкъумэшыщIэ унагъуэм къыхэкIа Аслъэн акъылрэ зэфIэкIкIэ сыт щыгъуи и ныбжьэгъухэм къахэщу, нэхъыжьхэм я щытхъу къихьу къэхъуащ. Абы и адэ Iэмырбий (псори зэреджэр ЛутIэт) и гъащIэр мэлыхъуэ лэгъупэжьу ирихьэкIащ. Иджыри щIалэ цIыкIуу Аслъэн и адэм и гъусэу мэлыхъуэ пщыIэм куэдрэ тесащ, Iэпыдзлъэпыдзу. Махуэ псом губгъуэм ита мэлыхъуэхэр абы уэтэрым къригъэблэгъэжырт, хьэлIамэ яхуищIарэ яхуигъэвэжауэ, жэмхэр къишауэ. Абы щыгъуэм деж абы «тхьэкIумэ лъэныкъуэкIэ» зэхихырт лIыжьхэр езыр-езыру зэхэтIысхьэжамэ, сабийм хузэфIэкIа мащIэр фIыщIэ зэращIыр. Нэхъ щытхъу лъапIэ дыдэу къилъытэри «И адэм хуэдэу лэжьакIуэжь хъужынущ ар» - къыщыхужаIэрт. Зи адэр фIыщэу зылъагъу, ар сыткIи щапхъэфIу къэзылъытэ щIалэ цIыкIум апхуэдэ псалъэхэм и гур хагъахъуэрт, сыт хуэдэ Iуэхуми и лъэр нэхъри жан хуащIырт. Гъэмахуэ жэщ кIыхьым, зым къыщIидзэрэ адрейм пищэу, мэлыхъуэхэм, шыхъуэхэм зэпадзыжу яIуатэу щыта адыгэ хъыбарыжьхэм едэIуэрейт Аслъэн. А псоми фIэфIу, фIэхьэлэмэту едаIуэ сабийм и псэм къыщыушащ лъэпкъ IуэрыIуатэм хуэгъэпса лъагъуныгъэ. Ар нэхъри щIигъэбыдащ егъэджакIуэу къуажэ школым куэдрэ щылэжьа, адыгэ бзылъхугъэ щыпкъэм и щапхъэ, быниблым я анэ Цацэ.
Ашэбей (Малкэ) къуажэм дэт курыт школыр 1976 гъэм фIы дыдэу къиуха нэужь, Аслъэн зы илъэскIэ 11-нэ училищэм щеджащ икIи водитель-слесарь IэщIагъэр зригъэгъуэтауэ къэралым къулыкъу хуищIэну дзэм дэкIащ. А къалэныр щытхъу пылъу ирихьэкIри, 1979 гъэм щIалэм ди щIыпIэм къигъэзэжащ икIи КъБКъУ-м урысыбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэм лъэпощхьэпоуншэу щIэтIысхьащ. Еджэнми университетым щекIуэкI Iуэхугъуэхэми хуэжыджэру студент илъэсхэр ирихьэкIащ ЦIыпIынэм. Къапщтэмэ, еджапIэм и къэфакIуэ ансамблым илъэситхукIэ къыщыфащ, япэ къищыф и ныбжьэгъухэм яхэмыту. А зэманым къриубыдэу университетым и ФОП (жылагъуэ IэщIагъэмкIэ факультет) къудамэри къиухащ Аслъэн. Абы щызригъэгъуэта «журналист», «цIыхубэ къэфакIуэ ансамблым и унафэщI» IэщIагъэхэр иужькIэ гъащIэм куэдрэ сэбэп къыщыхуэхъужащ.
Лъэпкъ IуэрыIуатэм щIапIыкIами, ар и псэм, и лъым хэлъу къэтэджами, щIэныгъэ и лъэныкъуэкIэ абы гу хуезыгъэщIар и егъэджакIуэ Тресков Ильящ. Еджэныр и кIэм нэсу, дипломым яужь ихьэн хуей щыхъум, Тресковым, щIалэр дэзыхьэх Iуэхугъуэхэр къилъытэри, чэнджэщ иритащ и квалификацэ лэжьыгъэр IуэрыIуатэм триухуэну. Апхуэдэуи ищIащ абы. ЦIыпIынэм и лэжьыгъэм щызэригъэпщащ урыс частушкэхэмрэ адыгэ къебжэкIхэмрэ, абыхэм зэщхьуи зэщхьэщыкIыныгъэуи яIэхэр нэсу къигъэлъэгъуащ. Къызыхуэтыншэу гъэхьэзыра хъуа диплом лэжьыгъэр ехъулIэныгъэкIэ пхигъэкIащ абы икIи университетыр диплом «плъыжькIэ» къиухащ.
Тресковым и чэнджэщкIэ, лэжьапIэ увын мурадкIэ ар 1984 гъэм кIуауэ щытащ щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым.
- ДэнэкIэ гъэзами ипэкIэ сымыщIа щIэныгъэ IуэхущIапIэм и бжэIупэм япэу сыщыIухьар нобэ хуэдэу сощIэж. Сэ занщIэу сыщIыхьащ абы щыгъуэ IуэрыIуатэмкIэ и къудамэм и унафэщIу лэжьа Нало Заур и деж икIи «сэ схуэдэ дэнэ щыIэ» жысIэу, «хыр сукIыу ебланэр кIэсу къэсхьауэ» фIэкIа къысщымыхъужу (сигу къыздэкIыжым соукIытэ) и пащхьэ сиуващ, - игу къигъэкIыжырт Аслъэн, и илъэс 50 юбилейм ирихьэлIэу сыщыхуэзам щыгъуэ. «Адыгэ псалъэм» зы напэкIуэцI хухихауэ щытащ а Iуэхугъуэм. - АрщхьэкIэ зи лэжьыгъэм фIы дыдэу хэзыщIыкI, куэд лъандэрэ абы елэжь щIэныгъэлIым IуэрыIуатэмкIэ упщIэ зыбжанэ къыщызитым, бдзэжьейр толъкъуным ныджэм къызэтридзэм хуэдэу, утыкум сыкъихуащ. СымыщIэ щымыIэу къысщыхъужу сызыхуэкIуа Налом абы щыгъуэ зызигъэщIэжауэ щытащ, щIэныгъэ зэбгъэгъуэтыным гъунапкъэ зэримыIэри къыщызгурыIуари абдежщ.
НэхъыжьыфIым и дамэм щIигъэуващ ЦIыпIынэр. Заур и нэIэм щIэтурэ, абы лэжьыгъэр щызэтриублащ институтым и архив IэнатIэм. Абы щIэлът щIэныгъэлIхэм, къэхутакIуэхэм илъэс бжыгъэкIэ, 1949 гъэм къыщыщIэдзауэ КъардэнгъущI Зырамыку я пашэу, къуажэ-къуажэкIэрэ къызэхакIухьурэ ди щIыналъэм и жылэ псоми щызэхуахьэсу пленкэхэм трагъэтхэжа адыгэ уэрэдыжьхэр, псалъэжьхэр, жыIэгъуэхэр, таурыхъхэр - адыгэ IуэрыIуатэм лъабжьэ хуэхъу тхыгъэ псори. Аслъэн и къалэнт а магнитофон пленкэхэм тет псори къытрихыурэ тхылъымпIэхэм зэгъэкIуауэ, зэхэхауэ иритхэжыну. А лэжьыгъэм илъэси 3-м щIигъукIэ пэрытащ ар. Пэжщ, тынштэкъым зи щхьэгъубжэхэм и ныкъуэр щIым къыхэмыщ пэшым апхуэдизрэ ущылэжьэну. Ауэ, ЦIыпIынэм жиIэжу зэрыщытамкIэ, абы IуэрыIуатэмкIэ зыгуэр ищIами, зэфIэкI гуэрхэр бгъэдэлъами, псори а щIыунэм «къыщIихауэ» арат. Ди адэшхуэхэм, лъэпкъ нэхъыжьыфIхэм лIэщIыгъуэкIэрэ къыздрахьэкIа, зы жьэм жьэдэкIмэ, адрейм жьэдыхьэу яхъума, зы лIэужьым къыбгъэдэкIрэ адрей лIэужьым бгъэдалъхьэу къэгъуэгурыкIуа икIи мы зэманым къахьэса IуэрыIуатэм, лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэу къалъытэ а къулеигъэм и курыкупсэм апхуэдизрэ «хэсащ» Аслъэн, хъыбарыжьхэм, уэрэдыжьхэм я дэтхэнэ зы псалъэри и гумкIэ кIуэцIрыкIрэ и пкъынэлъынэм къыхэнэу. Апхуэдэ Iэмал зиIа щIалэм а фIыгъуэ псори зыщIишат, малъхъэдисым гъущIыкIэ цIыкIухэр зэрызыщIишэм хуэдэу. А лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэхэм гъунэгъу хуэзыщIа Нало Заури ЦIыпIынэм щыгъупщакъым псэухукIэ.
А щIыкIэм тету лъэпкъ щIэныгъэ къулей зэзыгъэгъуэта щIалэщIэм и дежкIэ хьэлъэжтэкъым ар зи лъабжьэ къэхутэныгъэхэр зэфIэхынри. Нало Зауррэ Гъут Iэдэмрэ трагъэгушхуэри, ЦIыпIынэр 1987 гъэм щIэтIысхьащ Горькэм и цIэр зэрихьэу Москва дэт, Дунейпсо литературэмкIэ институтым и аспирантурэм. ЕхъулIэныгъэ иIэу абы илъэсищкIэ щеджащ Аслъэн. А зэманым къриубыдэу и кандидат диссертацэри хьэзыр ищIащ, профессор цIэрыIуэ Долгат Уздият и щIэныгъэ унафэщIу, икIи щытхъу иIэу ар Москва щыпхигъэкIыжащ.
Пашэу щытыныр зи гъащIэ гъуазэ, щIэныгъэм хуэнэхъуеиншэ щIалэр здынэса лъагапIэмкIэ къэувыIакъым. Щалъхуа щIыналъэм 1991 гъэм къэкIуэжа ЦIыпIынэр щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыжьу институтым къащтэжащ, IуэрыIуатэм ехьэлIа и къэхутэныгъэхэми пищащ. 2000 гъэм абы утыку кърихьащ «Адыгэхэм я мифо-эпическэ хабзэхэр» доктор диссертацэр. Щытхъушхуэ зиIа а лэжьыгъэр ехъулIэныгъэкIэ щыпхигъэкIащ РАН-м и Дагъыстэн щIэныгъэ центрым. Филологие щIэныгъэхэм я доктор ЦIыпIынэр и къулыкъукIи драгъэкIуэтеящ абы щыгъуэм. Институтым и унафэщIым и жэрдэмкIэ, 2001 гъэм къудамэ зырыз ящIауэ щытащ литературэмрэ IуэрыIуатэмкIэ IуэхущIапIэм и IэнатIэр. Аслъэн къыхуагъэфэщащ IуэрыIуатэмкIэ къудамэм и унафэщI къалэныр. ЩIэныгъэлIхэу Быхъурэ Мухьэмэд, Чурей Дыжьын, Нало Заур, ГъукIэ Анжелэ, нэгъуэщIхэри и гъусэу Аслъэн зи пашэ къудамэм лэжьыгъэшхуэ зэфIахащ лъэпкъ IуэрыIуатэр хъумэнымрэ ар зэхуэхьэсыжынымрэ ехьэлIауэ, IуэрыIуатэмкIэ лэжьыгъэ щхьэпэ куэд къытрырагъэдзащ. Ноби мыхьэнэшхуэ иIэщ Аслъэн адыгэ IуэрыIуатэмкIэ къызэригъэпэща музейм.
2008 гъэм и гъатхэпэм ЦIыпIынэр КъБКъУ-ми ирагъэблагъэри, филологиемкIэ институтым и кафедрэм и унафэщIу, Адыгэ щэнхабзэм и центрым и пашэу щылэжьащ. Гупым пщIэрэ нэмысрэ къыхуащIу, лэжьыгъэр иригъэфIакIуэу, жэрдэмыщIэхэр иIэрэ ахэр гъащIэм хипщэфу яхэтащ Аслъэн. Егъэджэныгъэм къыдэкIуэу, ар жыджэру ядэлажьэрт университетым и хэкупсэ щIалэгъуалэми. Абыхэм я гъусэу зэIущIэ хьэлэмэт куэд иригъэкIуэкIырт.
ЦIыпIынэр апхуэдэуи жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэт. Зи акъыл куур кърихьэжьэ Iуэхухэм я лъапсэ хъу щIэныгъэлI-къэхутакIуэм сыт щыгъуи и куэдт лъэпкъым хуэщхьэпэн жэрдэмыщIэхэмрэ мурадыщIэхэмрэ. Аслъэн и мурадт адыгэ хьэщIэщ екIу Щхьэлыкъуэ щиIэ лъапсэм щиухуэну. Абы зэрыжиIэу щытамкIэ, ар и теплъэкIэ ещхьынут пасэрей адыгэ джыназ пщIантIэшхуэм: абы щыплъагъунут дыжьын IэпслъэпскIэ гъэщIэрэщIа шыхэмрэ ахэр зыщIэпщIэ хъуну, дыгъэпсым пэлыд фитон дахэмрэ, цIыхухъухэмрэ бзылъхугъэхэмрэ я хьэщIэщхэр, абыхэм яку ит пщэфIапIэшхуэр, нэгъуэщI псэуалъэхэр. А псори цIыхухэм къагъэсэбэп хъун хуэдэу иухуэнурат Аслъэн, нысашэ хуэдэ е нэгъуэщI лъэпкъпсо гуфIэгъуэхэр щаIэм деж.
Адыгэ тхыдэр, лъэпкъ щэнхабзэр нэхъ куууэ щадж, абы ди жылагъуэм хуэфащэ увыпIэ щиубыдыж лъэхъэнэм дызэритыр псэкIэ зыхэзыщIа а цIыху щыпкъэр и жэрдэмщIакIуэт икIи къызэгъэпэщакIуэт адыгэ хабзэм щыщ дауэдапщэ куэдым. Абы и щапхъэт адыгэ гъащIэм, псэукIэм епхауэ щыта хабзэхэр республикэм и утыку нэхъыщхьэхэм Аслъэн щIэх-щIэхыурэ зэрыщигъэлъэгъуар. Апхуэдэхэт, псалъэм папщIэ, илъэс зыбжанэкIэ абы иригъэкIуэкIа зэхыхьэхэу гъэмрэ щIымрэ щызэхэкI, вакIуэихьэж, гъавэ къехьэлIэжыгъуэ махуэхэм ятещIыхьахэр. Щхьэлыкъуэ къуажэбгъуми ЦIыпIынэм къыщызэригъэпэщауэ щытащ «Дамыгъэтедзэ» адыгэ дауэдапщэр.
Мурад инхэр зиIэ, лъагапIэщIэхэр зи плъапIэ ЦIыпIынэм и къаруилъыгъуэ дахэт. ЩIэныгъэ-къэхутэныгъэ, егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ, жылагъуэ лэжьыгъэхэми къадэкIуэу, ар хунэсырт и адэшхуэм и щIэину къыхуэна бжьэ гъэхъуныр егъэфIэкIуэнми, хьэрычэтыщIэ Iуэхухэм хэтынми, псом нэхърэ нэхъыщхьэращи, и анэр, анэкъилъхухэр, унагъуэр гулъытэншэ имыщIыным, зыхуей хуигъэзэным. Аслъэн къызэрилъытэмкIэ, цIыхур сыт щыгъуи зыгуэрым хуэпабгъэрэ хуэхъуапсэу щытын, гъащIэм къыхуигъэув дэтхэнэ гугъуехьми ерыщу пэщIэтыфын хуейщ. А ерыщагъыр лэжьыгъэм фIэкIа зыми къызэрыхимылъхьэфынури ищIэрт. Аращ ЦIыпIынэхэ я лъэпкъ дамыгъэм и лъабжьэм «Си лIыгъэм къимыхьынур си насып къремыхь» псалъэ Iущхэр щIыщIригъэтхауэ щытари.
Адыгэ лъэпкъым хуэщхьэпэн IуэхуфIхэмкIэ жылагъуэм щIэх дыдэ цIэрыIуэ щыхъуа, зи гъащIэ гъуэгур екIуу езыхьэкI Аслъэн хунэсакъым зыпэрыт лэжьыгъэм и хъер зыхищIэну, гурылърэ мураду иIа псори зригъэхъулIэну, и быным я насып илъагъуну. 2010 гъэм дыгъэгъазэм и 29-м ар щIэпхъаджащIэхэм яукIащ. Адыгэм тфIэкIуэдащ ди лъэпкъ щэнхабзэмкIэ, IуэрыIуатэмкIэ, этнографиемкIэ щIэныгъэ куу зыбгъэдэлъа щIэныгъэлI щыпкъэр, къэхутакIуэ емызэшыр, цIыху щэджащэр. Анэм - и къуэ закъуэр, зэшыпхъуихым – я дэлъху закъуэр, щхьэгъусэм – тегъэщIапIэ лъэщыр, щIалэхэу Идаррэ Уэздемыррэ – лъэныкъуэ псомкIи щапхъэ яхуэхъу, я гъащIэ гъуазэ адэр.
ЦIыпIынэ Аслъэн мурадыфIрэ хъуэпсапIэ дахэу гъащIэм хуиIэхэм я гъунэ ирилъа къудейт. А псори адэ щIэину къызыхуэна и къуитIым ахэр зэрызэфIахын зэфIэкIрэ узыншагъэрэ Тхьэм къарит.
ЖЫЛАСЭ Маритэ.
Абы хуэдэхэр закъуэтIакъуэт
ЦIыпIынэ Аслъэн лъэпкъым къыдекIуэкIыу щыта хабзэжьхэр къитIэщIыжыну, зригъэужьыжыну, тфIэкIуэда адэжь щIэиным псэ къыхилъхьэжу, адыгэ псэукIэу щытар ди гъащIэм къыхипщэжыну яужь итащ. КIэщIу жыпIэмэ, лъэпкъым хуэлэжьащ Аслъэн. Абы хуэдэ цIыхухэр закъуэтIакъуэущ къазэрыхэкIыр лъэпкъхэм.
Аслъэн зыукIахэм Алыхьым къахуимыгъэгъу. Зы динми уи къуэш букIыжыну, цIыхум и псэ хэпхыну хуит уищIыркъым. ЩыIэкъым апхуэдэ еплъыкIэ. Диныр езыр фIым, захуэм ухуэзышэщ, мыхъумыщIагъэ-щIэпхъаджагъэрэ бзаджэнаджагъэкIэ къоIущащэр, Iейм, фIымрэ леймрэ ухуэзышэр динкъым. ИтIанэ, ди лъэпкъым и пщIэр къэдвгъэIэтыж, адыгэ хуэдэу дывгъэпсэу, ди адэжьхэмрэ ди хабзэжьхэмрэ дывмыгъэгъэпуд жыпIэным къемызэгъыу сыт хэлъыр?
Нобэ Кавказым Iуэху куэд, зыр зым и къуагъым къыкъуэлъу гъэпщкIуауэ щокIуэкI. Политикэ фIейхэм дыхашэу езыхэм я фейдэ зыхэлъхэм дыкъыщагъэсэбэпыну хущIокъу зыгуэрхэр. Апхуэдэхэм зыкъедгъэгъэпцIэнкъым. Ауэ, хэт сыт хуэдэ бгъэдыхьэкIэ иIэми, дэ ди еплъыкIэр зыуэ щытын хуейщ. Аслъэн дэ нобэ къытхэмытыжми, абы къигъэна лъэужь дахэм ирикIуэфын щIэблэ узыншэ тхьэм куэду къыдит.
Бабыгу Эргун, усакIуэ.
ХъуэпсапIэ лъагэхэр иIэт
Дунейпсо адыгэ дунейкIэ еджэу, фIыгъуэшхуэ дэкIуэдащ Аслъэн. Ар апхуэдизкIэ гъунапкъэншэт, абрагъуэти, изагъэрт лъэпкъым и блэкIари, и нобэри, и къэкIуэнури. Аслъэн и гъащIэ псом ищIар езым къызэрилъытэр зы псалъэ хуэдизут, ищIэну зыхэтам елъытауэ. Абыхэм ящыщт Налшыкрэ Щхьэлыкъуэрэ я зэпылъыпIэм деж щиухуэну зыщIэхъуэпсу щыта адыгэ лъэпкъ къалэр.
А къалэм Аслъэн щытепсэлъыхькIэ, хъуэпсапIэ лъагэхэм уи псэр япхъуатэрти, дунейпсо цIыхубэм я лъапIэныгъэ нэхъыщхьэхэм ухуашэрт, ахэр щIыуигъэпщытыкIырт, адыгэ лъахэм къыхуеIэ бийхэм я Iуэхум пэщIадза жыр мэIухухэм я зу макъхэм ущIигъэдэIуу. Аслъэн и «хъуэпсапIэ лъахэм»…
Хьэмэрэ езгъэлейуэ пIэрэ? ИтIани… адэ щIэиныфIу си гугъэр сяпэ итщи, Аслъэн и щIэблэмкIэ соплъэкI. Тхьэм къахузэпищэ!
ТIымыжь Хьэмыщэ,
филологие щIэныгъэхэм я доктор, щIэныгъэлI.
Адыгэ щIалэм и щапхъэ
Лъэпкъым, щIэныгъэм нэхъ къащыхуэщхьэпэну дыдэм игъуэ нэмысу тфIагъэкIуэдащ ЦIыпIынэ Аслъэн. А щIалэм мызэ-мытIэу зы Iэнэ сыдыпэрысащ, и хъуэхъухэм сыщIэдэIуащ, нэхъыжьым хуищIа пщIэм, нэхъыщIэм кIэлъызэрихьа хабзэм сарищыхьэтщ, Абхъаз утыкум деж щригъэкIуэкIа хабзэ-щIэнхабзэ дауэдапщэхэм ящыщи срихьэлIащ. Гъунэгъу дыдэу сымыцIыхуа пэтми, си псэм фIыуэ илъэгъуащ.
ЦIыпIынэ Аслъэн нэгъэсауэ адыгэлIт, хабзэ-бзыпхъэ хэлът. Езым хэлъым и мызакъуэуи, цIыхухэм яригъэлъагъуфырт, захригъэлъхьэфырт.
Сэ срихьэлIакъым ЦIыпIынэ Аслъэн хуэдэу дахэу анэдэлъхубзэр зыгъэшэрыуэф. Утыку къихьэмэ, «псэлъэн имыухарэт, нэхъыбэрэ седэIуарэт» жыуигъэIэу, узыIэпишэрт. Ар икIи джэгуакIуэ Iэзэт. Шууэ ар япэу щыслъэгъуам, тхыдэм сыпхригъэплъат, КIэрашэ Тембот и «Шу закъуэм» хэт лIыхъужьыр си нэгум къыщIигъэувэу. Аслъэнрэ зытес шымрэ апхуэдизкIэ зэкIурти, зэщыщу уаIуплъэрт.
ЦIыпIынэ Аслъэн и кIуэдыкIам теухуауэ куэд жаIэ. Абы и пэжыпIэр зыщIэр Тхьэрщ. Ауэ зэхэзыгъэкIыпхъэр къэралырщ. АдыгэлIым и кIуэдыкIам дызригъэгупсыс щыIэщ. Япэрауэ: къэрал лъэщым цIыхур шынагъуэм щихъумэфын хуейщ, и псэм, и мылъкум темышыныхьу псэун папщIэ. ЕтIуанэрауэ: къэрал лъэщым апхуэдэу тыншу цIыху щаукIыфын хуейкъым. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, иджырей гъащIэм мыхъумыщIагъэ куэд ущрохьэлIэ. Хабзэм и хъумакIуэхэм я къалэнщ апхуэдэ щIэпхъаджагъэр къыщIагъэщу къызэпаудыну. Ар нэсу къамыгъэнэхуэфмэ, лажьэр зыхуахьыр езы къэралырщ. ЦIыпIынэ Аслъэн и гуауэр къэралым абы и унагъуэм дигуэшар пэжмэ, ар хъарзынэщ.
ЦIыпIынэм и кIуэдыкIам мыбыи сригъэгупсысащ: лIыгъэ щIапIэ щихуэкIэ, и псэ емыблэжыныр адыгэм и хьэл-щэнщ. Ди адэшхуэхэм ар фIы дыдэу яхузэфIэкIащ, я псэр Хэкум, лъэпкъым лIыгъэ яхэлъу щIатащ. Ауэ иджы дэ ди къалэныр дыпсэунырщ. Хэкум, лъэпкъым хуэтщIэнIауэ дигу илъмэ, псом япэрауэ, дыпсэун хуейкъэ!? Арамэ, ди узыншагъэм дыкIэлъыплъынри, нэгъуэщI шынагъуэхэм защытхъумэнри, ди бзэм, ди щхьэм дыхуэсакъынри ди лъэпкъ къалэнхэм ящыщщ. Сыт хуэдиз гурылъ дахэ уимыIэми, сыт хуэдэ щIэныгъэ убгъэдэмылъми, ахэр гъащIэм хыумыпщэфмэ, Хэкуми лъэпкъми яхуэпщIэфынуIакъым.
ЦIыпIынэ Аслъэн щапхъэ зыхуэзыщIыфын, абы пхиша лъагъуэм тетыфын, хэкум, лъэпкъым хуэпсэуфын щIэблэ Iущ, узыншэ Тхьэшхуэм къыдит!
Хъуажь Фахъри,
зэдзэкIакIуэ, журналист.
Лъэпкъ Iущыгъэр зи гъуазэ щIэныгъэлI
Аслъэн хабзэшхуэ зыхэлъ, щIэныгъэ куу зыбгъэдэлъ цIыхут. Абы куэдрэ жиIэжу зэхэпхынут Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ институтым къыщыувагъащIэм, архивым ягъакIуэу илъэс зыбжанэкIэ зэрыщылэжьам и хъыбарыр. Ауэ ар абы зэрыжиIэжыр гукъанэ гуэр хэлъутэкъым, атIэ иригушхуэут. И псалъэмакъхэм къазэрыхэщыжу щытамкIэ, уэрэдыжь, псысэ, хъыбар гуэрхэм щыгъуазэу къыдэкIуэтея пэтми, а зэманырат IуэрыIуатэм и къулеягъ, дахагъ псори Аслъэн щызыхищIар, зэпымычуи фIыщIэ яхуищIырт а Iэмалыр къезыта, щIэныгъэм и гъуэгум тезыша КъардэнгъущI Зырамыку, Нало Заур, Гъут Iэдэм сымэ, н. Дэтхэнэ зы щIэныгъэлIым дежкIи нэхъыщхьэр къихутэну зыпэрыхьа Iуэхугъуэм куууэ щыгъуэзэнрати, Аслъэн и насыпым ар къихьат. IуэрыIуатэм и хъугъуэфIыгъуэ псом зэрылъэIэсыфам ирипагэуи дунейм тетащ.
Апхуэдэ лъабжьэ быдэ щIэныгъэлIым зэриIам гу лъумытэу къанэркъым, хабзэм, IуэрыIуатэм теухуауэ абы иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм ущеджэкIэ. ПщIы бжыгъэкIэ и Iэдакъэ къыщIэкIа статья къомым я гугъу умыщIми, ди лъэпкъ IуэрыIуатэр зыдж щIэныгъэм игъуэта ехъулIэныгъэфIхэм ящыщт «Народная историческая проза адыгов» (2000), «Мифоэпическая традиция адыгов» (2004) тхылъхэр абы къызэрыдигъэкIар. Мыбыхэм щызэпкърыха Iуэхугъуэ зыбжанэм зэгуэр ди япэ ита еджагъэшхуэхэр елэжьауэ щытами, «Зэманым декIур лIыфIщ» жыхуаIэрати, ди лъэхъэнэм щIэныгъэм игъуэта зыужьыныгъэр и лъабжьэу, Аслъэн а къэхутэныгъэхэр лъагъуэщIэ тригъэуващ, щIэщыгъуэ куэди хилъхьащ, абы къыхэкIкIи псынщIэ дыдэу дэнэ щIыпIэкIи щызэлъащIысащ.
УмыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым ар егъэлеяуэ набдзэгубдзаплъэу зэрыщытари: лъэпкъым и гупсысэр, и дуней еплъыкIэр, и хабзэр, и Iэзагъыр къызыхэщ дэтхэнэ зы Iуэхугъуэми гу лъитэрт, зы мащIэу фIэкIа къэмыIуэтами, абы и лъабжьэр къызэритIэщIыным, ар зэриIэтыным хущIэкъурт. Псом хуэмыдэу а щытыкIэр хыболъагъуэ IуэрыIуатэ сюжетхэр, образхэр щызэпкърыха и лэжьыгъэхэм.
Аслъэн архивым щыщылэжьа илъэсхэм я гугъу щищIкIэ, мыри къыхигъэщырт: «Архивым сыщыщыIа зэманым пленкэм тетхауэ сэ сызэдэIуа IуэрыIуатэр зэхэзыхамрэ Iэрытхыу щIэзджыкIам къыщыIуэтам щыгъуазэмрэ адыгэпсэр, адыгэм и дунейр зыхимыщIэу дауэ псэуфын!?» - жиIэрт абы. А псалъэхэм къикIыр хэт дежкIи, дауи, гурыIуэгъуэт.
Быхъурэ Мухьэмэд, филологие щIэныгъэхэм я кандидат.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "344.txt"
} |
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм электрокъарур зэгъэзэхуауэ къыщыгъэсэбэпынымрэ энергетикэ IэнатIэм зыщегъэужьынымрэ я IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ
№30-ПП
2019 гъэм гъатхэпэм и 7-м Налшык къалэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм электрокъарур зэгъэзэхуауэ къыщыгъэсэбэпынымрэ энергетикэ IэнатIэм зыщегъэужьынымрэ я IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2013 гъэм щэкIуэгъуэм 27-м къыдигъэкIа унафэ №310-ПП-мкIэ къищтам, мы унафэм щIыгъу зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI МУСУКОВ Алий
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "345.txt"
} |
Мы щIыпIэм ущыпсэуну шынагъуэщ
Къулъкъужын псыежэхыр мыин дыдэми, хузэфIэкIащ бгылъэ щIыпIэхэм кIуапIэ къыщигъуэту и жапIэр дилъэсыкIыну. Илъэс мин IэджэкIэ зэныкъуэкъуныгъэхэр щекIуэкIа щIыналъэм абы къуакIэшхуэ къыщигъэхъуащ. Къулъкъужын Ипщэ, Ищхъэрэ (Абзуан, Къуэнхьэблэ) къуажэхэр а псыхъуэ кIыхьышхуэм дэсщ, псы цIыкIум и IуфитIым етIысэкIауэ. Псым и ижьырабгъу, дыгъэмыхъуэ лъэныкъуэмкIэ джабэ нэIум къытесщ Къулъкъужын Ипщэм щыщу зы жылэ. Абы къызэщIеубыдэ унагъуи 160-м я унапIэхэр, лъапсэхэр.
МЫ ЩIЫНАЛЪЭР зэрыщыту къуакIэбгыкIэщ: мащэшхуэхэр, къуэ куухэр, уэххэр, кумблъэмбхэр иIэщ. Джабэ елъэщIэхахэр, бгыщхьэ захуэхэр мащIэ дыдэщ, уеблэмэ «IэмыщIэм из хъу къудейщ» жыхуаIэм хуэдэщ. ЩIыналъэм Iуащхьэ, щыгу хуэдэу къыхэIэтыкIауэ иIэхэр уэххэмкIэ зэпэщIэхащ. ЛъагапIэ-лъахъшапIэ защIэу зэхэлъ щIыпIэм егъэзыхыгъуэхэр и куэдщ. Абыхэм Къулъкъужын псыхъуэр, къуэхэр здэщыIэхэр наIуэ пщащI.
ЩIыр апхуэдэу зэрызэщхьэщыкIыр къыхэкIащ щIыуэпсым и къэхъугъэхэу мыувыIэу мыбы щекIуэкIхэм щIыналъэм и щытыкIэр нэрылъагъуу зэрахъуэжым, зэрызэрадзэкIым. Ахэр дунейм и къэхъукъащIэ шынагъуэхэм ящыщ зыщ, щIы щхьэфэр хуэмурэ лъэныкъуэ гуэркIэ йокIуэтэх, йощэтэх. ЩIы кIуатэм и Iыхьэ гуэрхэр щыгуэху, щыгуэкI куэдрэ къохъу. Ар къызыхэкIым щхьэусыгъуэ иIэщ. Мы щIыпIэм и щхьэфэр къат тIуащIэу, щащIэу зэтелъщ. «Мэлыхъуэ сабынкIэ» зэджэ ятIэху щащэ Iувым и щIагъым щIиубыдауэ щIэлъщ зэтежыхьа, упIэщIыжа, мывэм хуэдэу быдэ хъужа къат. Абы и гущIыIум къыщытелъщ къат пIащIэ фIыцIэ, тIатIийм хуэдэу. Къурш пкъыгъуэхэр зэтезагъэркъым, я щытыкIэкIэ, зэхэлъыкIэкIэ зэрызэхуэмыдэм къыхэкIыу. Ахэр зэтекIуэтыныр нэхъыбэу елъытащ «мэлыхъуэ сабыныр» псыIагъэм зэрыхущытым. Абы и щытыкIэм зехъуэж, псыф хъуа нэужь: уэшхыпс, уэсыпс пхыкIамэ, е щIы щIагъым щызекIуэ псыхэр къыдэкIуейуэ къыкIуэцIыхьамэ. Псы зыщIэзыфа ятIэ къэщIытар мэбэг, мэбатэ, нэхъ хьэлъэ мэхъу. ЯтIэ бдзантхьэр и щIагъым щIэлъ къурш пкъыгъуэ быдэм тезэгъэжыркъым, а тIур зэтокIуэт, и щIыIум илъ къатыр и щIагъым щIэлъым тещэту хуожьэ егъэзыхыгъуэ зиIэ лъэныкъуэхэмкIэ.
Иужьрей зэманым апхуэдэ Iуэхугъуэхэр щIэхуэбжьауэ йокIуэкI. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, щIы щIагъым щIэт псыхэр нэхъапэм зэрызекIуэу щыта хабзэм тетыжкъым, ар зэхъуэкIа хъуащ. АдэкIэ куууэ щыIа псыхэр иджы къыдэкIуеящ, зы метр хуэдиз нэхъ мыхъуу щIы щхьэфэм къыщIэтщ, щIыпIэ-щIыпIэкIэ щIыгум къэкIуауэ, псыIэрышэ цIыкIу къагъэхъуурэ йожэх. ЛъахъшапIэхэр, кумблъэмбхэр псым и зэхуэсыпIэщ, здимыгъущыкIхэм деж шэд инауэ итщ. Къуажэм щIыпIэ Iэджэ иIэщ щIы щхьэфэм псыр къызыпхивауэ, гъуэгухэм, пщIантIэхэм, хадэхэм хуэзэу.
А псоми нэмыщIыжу, щIы щIагъым къыщIоIукI макъ шынагъуэхэр, Iэуэлъауэ гуэрхэр. Ахэр зыкIи ещхькъым дунейм щызэхэпх, щIыуэпсым и макъхэм: псы ежэхым, хы Iуфэм къыIууэ толькъунхэм, жьы къепщэм къагъэщIхэм. Макъхэр щыхьэт тохъуэ щIы щIагъым мыувыIэу щекIуэкI Iуэхугъуэ куэдым. Псалъэм папщIэ: щIы Iыхьэшхуэ ещэтэххэм, зэжьэхэуэхэм, щIы щIагъым иIэ гъуанэпщIанэхэм, бгъуэнщIагъхэм я щхьэфэ пIащIэ иуэхэм, щIыщIагъыпсхэу зи жапIэхэр зымыгъуэтыжу ныкъуакъуэхэм, нэгъуэщIхэми. Апхуэдэ макъхэр нэхъ IупщI мэхъу жэщкIэрэ, дунейр щэху хъуа иужь. ЩыIэщ абыхэм щахыхьэж щIы щIыIумкIэ къыщыIухэри: мывэ джейхэм я зэгуэуд, унэ блынхэм я зэгуэч, жыгхэм я зэгуэтхъ макъхэр. А псоми ялейуэ, иджыблагъэ цIыхухэр игъэщтащ кхъэмкIэ къиIукIа Iэуэлъауэшхуэ гуэрым - топышэ къэуам ещхь макъым. КъызэрыщIэкIамкIэ, кхъэр зытет Iуащхьэм щыщ щIы Iыхьэшхуэ щыкIуэцIрыхум, щыпхыхум къигъэIуа макът ар.
Кхъэм занщIэу щызэхуэса цIыху гужьеяхэм телъыджэ къащыхъуащ щIыпIэм зэхъуэкIыныгъэшхуэ зэригъуэтар. Зыгуэрым сэшхуэкIэ иритхъам хуэдэу, зэбгъурыту кIуэ щIы зэгуэчыпIитIым я зэхуакум дэлъ Iыхьэр зэуэ ехуэхри, кIэнауэ кIыхь мыбдеж къыщигъэхъуащ. ЩIы пхыхуам и джабэхэр блыным хуэдэу захуэщ, и Iуфэхэр задэщ, щыхупIэщ. ЩIытI кIэнауэр кхъэм и бгъумкIэ зэгуэчыпIэ Iузэу, и зэхуакум удэмыплъэфу къыщожьэ, кIуэтэху зэпэщIэкIуэтурэ бгъуэшхуэ мэхъу, итIанэ зиIуантIэурэ егъэзыхыпIэмкIэ еунэтI икIи аргуэру Iузэ зещIыж.
Къуажэдэсхэм зэрыжаIэмкIэ, илъэс зыбжанэкIэ узэIэбэкIыжмэ, Iуащхьэм ещхь а щIыпIэм деж кхъэ ящIыну нэхъыжьхэм къыхахауэ щытащ: «Дунейм ехыжахэм увыIэпIэ тынш яхуэхъунщ», - жаIэри.
ЩIы кIуэцIрыхуар кхъащхьэм пэгъунэгъу дыдэщ. А щIытI кIэнауэшхуэм и нэзым метритI-щыкIэ нэхъ пэмыжыжьэу зэгуэзыпIэхэм иратхъащ кхъэр зэрыщыту. ЗэгуэчыпIэхэр адэкIэ куууэ щIы щIагъым къыщожьэри, щIы щхьэфэм нэс къыдокIуей. Абыхэм я бжыгъэр зы щIыпIэхэм деж щы-плIы, адрейхэм деж нэхъыбэ щохъу. А зэгуэтхъыпIэхэр щIыр иджыри ещэтэхынкIэ е кIуэцIрыхункIэ зэрыхъунум я нэщэнэщ. Нэхъейр аращи, кхъэм и бгъумкIэ къыщылъ, емыхуэхыу къэна щIы бгъузэ тIэкIум утеувэмэ, мэуфафэ, мэсыс.
ЩIыр зэрекIуэтэхым ныкъусаныгъэ куэд къешэ, ар зэранышхуэ хуохъу къуажэдэсхэм я унэ-лъапсэхэм: унэлъащIэхэр, блынхэр, мывэ сэрейхэр зэгуокI, зэгуоч, зэгуотхъ. Апхуэдэ зэгуэкIыпIэхэр кIуэтэху нэхъ ин мэхъу. ЩIыщIагъыпсхэр къызэрыдэкIуеям къыхэкIыу унэ кIуэцIхэр къоупсапсэ, чырбышхэм псыIагъыр къыдрашей, икIи абы къыхэкIыу блынхэр къэпщIэнтIам хуэдэщ, я лъабжьэхэр щIогъуэтыкI. Дунейр щыхуабэм деж а зи гугъу сщIы Iуэхугъуэхэр тIэкIу кIащхъэ хъуми, блынхэр зэрыгъущ щIагъуэ щыIэкъым. ЩIымахуэм ерыскъы гъэтIылъыпIэу къагъэсэбэп псэуалъэхэм, щIыунэхэм я блынхэм сытхъу щыкIэрищIэ щыIэщ. Унэ кIуэцIхэм гъуэтэрымэ къыщIех, абы ущIэсыныр, ущыпсэуныр узыншагъэм дежкIэ зэранщ, абы къыхэкIыу унагъуэ куэдым я сабийхэр, нэхъыжьхэр сымаджэрилэщ.
Мы къуажэм дэсхэм яIэщ адыгэ лъэпкъыр зэрыгушхуэ хъун мыIэрысэ, кхъужь Iэрысэ хадэхэр. Пхъэщхьэмыщхьэ жыг лъэпкъыфIхэр мы щIыпIэм езэгъыу къыхэхыным, бэгъуауэ къэгъэкIыным къулъкъужындэсхэм ящыщу куэдым я гуащIэ зэрыхалъхьам шэч къытепхьэ хъунукъым. Уеблэмэ, жыг Iэрысэ лъэпкъыщIэхэр къагъэхъуни яхузэфIэкIащ абыхэм. ЦIыхухэм егугъуу жыгхэр зэрахьэ, куэдым я хадэхэм итщ илъэсищэм нэса жыг Iэрысэхэр. ЩIыуэпсым и къэхъугъэ мыбы щекIуэкIыр Iэрысэ хадэхэми егуэуащ. Иджы жыгхэм зэпымыууэ уз гуэрхэр къахохьэ, абыхэм къапыкIэ пхъэщхьэмыщхьэхэр куэдкIэ нэхъ мащIэщ, ахэр е хэмыхъуэу къоувыIэри, жьгъей мэхъу е и хъугъуэ щрикъум деж, къудамэхэм зэрыпыту мэф. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, языныкъуэ жыгхэм я лъабжьэ жыжьэ еххэр псы къыдэкIуеям хэлъщ икIи ар зэран яхуохъу.
ЩIы кIуэцIрыхуари, абы щIыгъу зэгуэзыпIэхэри щIы щIагъым щекIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэр щIэгъэпсынщIауэ, щIэхуэбжьауэ зэрекIуэкIым щыхьэт тохъуэ. Уеблэмэ, щIыщIагъ псыхэм щIыр щIалъэсыкIыурэ бгъуэнщIагъ нэщIышхуэхэр къагъэхъуагъэнкIи хъунущ. Абдежхэм щIыр щыпхыхугъуафIэщ. Иджыри зы Iуэху шынагъуэ щыIэщ. ЗыгуэркIэ щIыр Кавказ къуршхэм щыхъеймэ, мыбдеж иджыпсту щыуфафэ щIы щхьэфэр псынщIэ дыдэу къежьэнурэ ехынущ, тIасхъэ хъуа щIы Iыхьэхэр кIуэцIрыхунущ.
Къулъкъужындэсхэр хуабжьу егъэпIейтей къатепсыхэнкIэ хъуну къулейсызыгъэм. Мы щIыпIэм ущыпсэуну шынагъуэщ. Куэд щIауэ псэхугъуэ зимыIэ цIыхухэм лъэIукIэ зыхуагъазэ Iуэхум хэплъэну зи пщэ къыдэхуэ къулыкъущIэхэм, икIэщIыпIэкIэ унафэ пыухыкIа къащтэу нэгъуэщI щIыпIэ ягъэIэпхъуэну.
ЕМУЗ Людмилэ, КъБКъУ-м физическэ географиемкIэ и кафедрэм и унафэщI.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "346.txt"
} |
Дунейм щыхъыбархэр
Ди кIэлъыплъакIуэхэр
ягъэкIуэнукъым
ДызыхуэкIуэ тхьэмахуэ махуэм, гъатхэпэм и 31-м, Украинэм щекIуэкIыну президент хэхыныгъэхэм Урысейм и кIэлъыплъакIуэхэр ямыгъэкIуэну унафэ ящIащ ди къэрал унафэщIхэм.
Европэм Шынагъуэншагъэмрэ зэдэлэжьэныгъэмкIэ и IуэхущIапIэм цIыхум и хуитыныгъэхэмрэ демократие институтхэмкIэ и бюром Украинэм щригъэкIуэкIыну къэпщытэныгъэхэм Урысейм щыщ кIэлъыплъакIуэ 24-рэ хигъэтыну и мурадат. Абы теухуауэ Украинэм и ХэхакIуэ комиссэм зыщыхуигъазэм, иужьрейр а жэрдэмым арэзы техъуакъым. Ауэ а лъэIум къызэрырагъэгъэзам и закъуэкъым УФ-м и Iэтащхьэхэм ди цIыхухэр Украинэм щIамыгъакIуэм и щхьэусыгъуэр. Урысейм щыщым и дежкIэ абы иджыпсту ущыIэныр зэрымышынагъуэншэрщ нэхъыщхьэр.
«Украинэм и унафэщIхэм цIыхухэр зыщыщ лъэпкъкIэ зэхэгъэж зэращIым урысей IэщIагъэлIхэм Iэмал къаритыркъым, дуней псом зэрыщыхабзэм хуэдэу, хэхыныгъэхэм кIэлъыплъыну. ЩыIэ щытыкIэр къилъытауэ, Урысей Федерацэм и лIыкIуэхэр а къэралым имыгъэкIуэныр нэхъ тэмэму къилъытэн хуей мэхъу, абыхэм я гъащIэм дызэрытегузэвыхьым къыхэкIыу», - щыжаIащ УФ-м НэгъуэщI къэрал IуэхухэмкIэ и министерствэм хъыбарегъащIэхэмрэ печатымкIэ и департаментым.
УФ-м и МИД-м щыжаIащ Копенгаген щызэращIылIауэ щыта зэгурыIуэныгъэхэм хэхыныгъэм теухуа и Iыхьэр Киев апхуэдэ щIыкIэкIэ къызэрызэпиудыр. КъимыдэкIэ, Украинэм и IуэхущIапIэхэу Урысейм щылажьэхэм хэхыпIэ участкэхэр къыщызэригъэпэщакъым икIи а къэралым и цIыхуу Урысейм щыIэ мелуанхэм Iэ яIэтынымкIэ я хуитыныгъэхэр къахузэригъэпэщакъым. Хэхыныгъэхэр зэрырагъэкIуэкI щIыкIэм теухуа законым Радэ Нэхъыщхьэм мазаем епIэщIэкIыу зэхъуэкIыныгъэхэр зэрыхилъхьами куэд къыбжеIэ. А псори щIащIэр гурыIуэгъуэщ – къэрал унафэр зыIэщIэлъхэм хэхыныгъэхэр езыхэр зэрыхуейм хуэдэу ирагъэкIуэкIынырщ, я кIэн къизыгъэкIыну бжыгъэхэри къыщIрагъэдзынырщ.
Сэбэпынагъ зыпымылъ
жэрдэму къалъытэ
НэгъуэщI къэралхэм я тыкуэнышхуэхэр зыгъэпсэхугъуэ махуэхэм зэрымылажьэр, абыхэм дэри щапхъэ ятетхыныр тэмэму къилъытэу, УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым хэт сенатор Кондратьев Алексей къыхилъхьа жэрдэмым арэзы щытехъуакъым къэралым Промышленностымрэ сатумкIэ и министерствэм.
Сенаторым къызэрилъытэмкIэ, тыкуэнышхуэхэр мэрем пщыхьэщхьэм гъэбыдэжауэ, щэбэтми тхьэмахуэми гъэлэжьэн хуейкъым. Нэхъ пасэуи, 2017 гъэм, ФедерацэмкIэ Советым и лэжьакIуэ гупым тыкуэнышхуэхэр зэрылажьэ зэманыр гъэмэщIэн хуейуэ къыхилъхьауэ щытащ – щэбэтым сыхьэт 16 пщIондэ фIэкIа мылэжьэну, тхьэмахуэ махуэхэм гъэбыдауэ щытынуи хуагъэувыну. АрщхьэкIэ абы щыгъуи ар правительствэми Сату щIынымкIэ зэгухьэныгъэми ядиIыгъауэ щытакъым. Япэми, иджыри ар щIамыдар абы къэралым сэбэпынагъыу къыхуихьынур зэрымынаIуэрщ.
«ХэщIыныгъэ къишэн фIэкIа, ар зыкIи къытхуэщхьэпэнукъым. Апхуэдэуи, къуэкIыпIэ къэралхэм я сату щIыпIэхэм елъытауэ, Урысей Федерацэм ейхэр хуэдитIкIэ нэхъ мащIэщ икIи абы дыхуэкIуэн хуейуэ къыщIалъытэм лъабжьэ лъэпкъ иIэкъым», - жаIэ а Iуэхум хэплъа IэщIагъэлIхэм.
Нобэ
♦Театрым и дунейпсо махуэщ
♦Урысейм и МВД-м и къэрал кIуэцI дзэхэм я махуэщ
♦Японием щагъэлъапIэ сакурэм - пхъэгулъейм - и гъэгъэгъуэм и махуэр
♦1854 гъэм Канадэм щыщ Гесснер Абрахам США-м щратащ фэтыджэн къызэригупсысам щыхьэт техъуэ тхылъыр.
♦1917 гъэм Налшык ГъэзэщIакIуэ комитет къыщызэрагъэпэщащ.
♦1918 гъэм Молдавие Демократие Республикэр Румыние пащтыхьыгъуэм хыхьащ.
♦1945 гъэм Бирмэм и лъэпкъ армэм зыкъиIэтащ икIи я къэралыр япон зэрыпхъуакIуэхэм къаIэщIигъэкIыжащ.
♦1968 гъэм зэрыса кхъухьлъатэр Владимир областым къыщехуэри иукIащ дунейм и япэ космонавт, Совет Союзым и ЛIыхъужь Гагарин Юрий.
♦1977 гъэм Тенерифе хытIыгум и Лос-Родеос аэропортым (Канары) и лъэтапIэм щызэжьэхэуащ Boeing 747-206B, Boeing 747 - 121 кхъухьлъатэхэр. Абы хэкIуэдащ цIыху 583-рэ, 61-рэ къелащ. Ар цIыху нэхъыбэм я гъащIэр зыхьа къэхъукъащIэу къалъытэ нобэр къыздэсми.
♦1990 гъэм Лондон и Бейкер-стрит уэрамым тет 221-нэ унэм къыщызэIуахащ Конан-Дойль Артур и тхыгъэм хэт лIыхъужь цIэрыIуэм - Холмс Шерлок и музей.
♦2011 гъэм Урысейр гъэмахуэ зэманым техьэпащ. УФ-м и Президенту а зэманым щыта Медведев Дмитрий Iэ щIидзащ щIымахуэ, гъэмахуэ зэман жаIэу сыхьэтхэр ирамыгъэкIуэтэкIыным теухуа унафэм.
♦1845 гъэм къалъхуащ нэмыцэ физик цIэрыIуэ, Нобель и саугъэтым и япэ лауреат Рёнтген Вильгельм Конрад.
♦1886 гъэм къалъхуащ совет революционер, къэрал лэжьакIуэ Киров (и унэцIэ дыдэр Костриковщ) Сергей. Ар 1934 гъэм яукIауэ щытащ.
♦1927 гъэм къалъхуащ совет виолончелист, пианист, дирижёр, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ, СССР-м и цIыхубэ артист, УФ-м и Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща, «Грэмми» саугъэтыр тхуэнейрэ зрата Ростропович Мстислав.
♦1925 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ Балъкъэр Фоусэт.
♦1951 гъэм къалъхуащ 1990 – 1996 гъэхэм Урысейм нэгъуэщI къэрал IуэхухэмкIэ и министру, УФ-м и Къэрал Думэм и япэ, етIуанэ хэхыгъуэхэм я депутату щыта Козырев Андрей.
♦1963 гъэм къалъхуащ Америкэм щыщ кинорежиссёр, актёр цIэрыIуэ Тарантинэ Квентин.
♦1968 гъэм къалъхуащ актрисэ, уэрэджыIакIуэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ Смеховэ Аликэ.
♦1987 гъэм къалъхуащ урысей уэрэджыIакIуэ, уэрэдус, композитор, «Евровидение» макъамэ зэпеуэм 2015 гъэм етIуанэ увыпIэр къыщызыхьа Гагаринэ Полинэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 13 - 14, жэщым градуси 6 – 7 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Адыгэм и хьэщIэ быдапIэ исщ.
Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "347.txt"
} |
Ди лъахэм и гъуащхьауэ нэхъ Iэзэ дыдэ Гъубж Вячеслав
1980 - 1995 гъэхэм, щызэпигъэуаи къэхъуу, Налшык и «Спартак»-м хэтащ, и Iэзагъымрэ псынщIагъымкIэ топджэгум дихьэххэр хуабжьу зытхьэкъуауэ щыта Гъубж Вячеслав. Нобэр къыздэсым абы и гугъу ящIыжу щIэх-щIэхыурэ зэхыбох.
Совет Союзым и «Спартак» командэхэм я щIымахуэ зэхьэзэхуэ блэкIа лIэщIыгъуэм и 80 гъэхэм Мэзкуу щекIуэкIыу щытащ. Илъэсым и пэщIэдзэм къызэрагъэпэщ а зэпеуэхэм я къалэн нэхъыщхьэт щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэм къыщагъэхъуа футболист ныбжьыщIэхэр къэхутауэ гуп нэхъыфIхэм хэгъэхьэныр. Нэхъыбэу абы фейдэ къыхэзыхыр «Спартак» псоми я пашэ Мэзкуум ейрат. ЗэфIэкI зиIэу зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIахэр арат япэу зыпхъуатэр. Къапщтэмэ, а IэмалымкIэт Хьэпэ Заур Мэзкуу и «Спартак»-м зэрыхашар. Апхуэдэ зэхьэзэхуэхэм ящыщ зым, 1986 гъэм и пэщIэдзэм, нэхъ гъунэгъуу къэсцIыхуауэ щытащ илъэс зытхух хъуауэ зи цIэр зэхэсх, зи джэгукIэ дахэм сыдихьэх, ауэ губгъуэм иту фIэкIа зэи сызримыхьэлIа Гъубж Вячеслав.
Мэзкуу дыщыщеджэ лъэхъэнэти, ди щIалэхэр зыхэту «Олимпийский» спорткомплексымрэ «Спартак» манежымрэ щекIуэкI зэхьэзэхуэхэм блэзгъэкI щымыIэу зризгъэхьэлIэрт. Спорт журналист сыхъуну хуабжьу сыщIэхъуэпсырти, дауи, зэрыхъукIэ ди командэм хэтхэмрэ тренерхэмрэ захуэзгъазэрт икIи куэдымкIэ сапкърыупщIыхьырт. Ахэр репортажу, интервьюуэ, отчёту иужькIэ «Ленин гъуэгу» (иджы «Адыгэ псалъэ») газетым къыхуезгъэхьыжырти, къытрадзэрт. Мэзкуу жыжьэм нэхъ гъунэгъу дызэхуищIырт Къэбэрдей-Балъкъэрым икIахэр. Хьэл-щэнкIи, дуней тетыкIэкIи щIалэ ахъырзэман зыбжанэ хэтащ абы щыгъуэм Налшык и «Спартак»-м. Апхуэдэхэм ящыщ зыт Гъубж Вячеслав. Абы и гури и псэри хэти зэрыхузэIухар нэрылъагъут, ауэ джэгупIэ губгъуэм ихьа иужькIэ убыдыпIэншэ хьэрхуэрэгъухэм яфIэхъурт.
Гъубж Вячеслав 1962 гъэм дыгъэгъазэм и 12-м Бахъсэн къалэм къыщалъхуащ. Топ джэгуным зыщыхуигъэсащ абы дэт сабий-ныбжьыщIэ спорт школым. Техникэ гъуэзэджэ, псынщIагъ ин зыхэлъ щIалэщIэм псынщIэу гу лъатащ икIи, курыт еджапIэр къызэриухыу, и ныбжьыр илъэс пщыкIуий иджыри мыхъуауэ, Налшык и «Спартак»-м и тренер нэхъыщхьэу абы щыгъуэм лэжьа Iэпщэ Александр иригъэблэгъащ. А лъэхъэнэм ди командэр Совет Союзым футболымкIэ щекIуэкI зэхьэзэхуэм и япэ лигэм щыджэгурт икIи Днепропетровск, Харьков, Вильнюс, Кишинёв, Кутаиси, Душанбе, Симферополь, Одессэ къалэ инхэм щыщ гупхэр я хьэрхуэрэгъу лъэщт. КъищынэмыщIауэ, куэд и уасэт къэрал псом цIэрыIуэ щыхъуа Ашэбокъуэ Руслан, Камарзаев Виктор, Настаев Щамил, Наурыз Басир, Бэч Руслан, Iэхъуэбэч МуIэед сымэ хуэдэхэм я гъусэу джэгупIэ губгъуэм укъихьэну. А щIалэ, футболист гъуэзэджэхэм Гъубжыр куэдым хуагъэсащ, чэнджэщ щхьэпэ Iэджи къратащ.
Вячеслав зыхыхьа Налшык и «Спартак»-р 1980 гъэм хуабжьу щытыкIэ гугъум итт. Ар ерыщу щIэбэнырт япэ лигэм къыхэнэным икIи, дауи, тегъэщIапIэ ищIыр ныбжькIи IэзагъкIи нэхъ лIыпIэ иувахэрат. Абы къыхэкIыу Гъубжыр а илъэсым джэгупIэ губгъуэм тIэу къихьауэ аращ икIи къыхэжаныкIыну Iэмал игъуэтакъым.
Налшык и «Спартак»-м и гъуащхьауэ нэхъ Iэзэ дыдэ хъуну къызыпэщылъ щIалэм и хьэрхуэрэгъухэм топ яхудигъэкIын щыщIидзар къыкIэлъыкIуэ илъэсращ. СССР-м футболымкIэ и етIуанэ лигэм и 3-нэ гупым 1981 гъэм накъыгъэм (майм) и 2-м щызэхаубла зэхьэзэхуэм и пэщIэдзэ зэIущIэм ди щIалэхэм къыщрагъэблэгъат Орёл и «Спартак»-р. Абы и 72-нэ дакъикъэм япэ дыдэу къыщыхэжаныкIащ Гъубж Вячеслав. А зэманым ирихьэлIэу Бэч Руслан, Трубицын Сергей, Попович Александр сымэ бжыгъэр 3:0-м нагъэсами, щIалэщIэм и ехъулIэныгъэм къыдэджэгухэри стадионым исхэри хуабжьу щыгуфIыкIащ. Хэт а зэманым ищIэнт, Гъубжым я хьэрхуэрэгъухэм иджыри яхудигъэкIыну топи 164-м (абыхэм ящыщу Налшык и «Спартак»-м и цIэкIэ топи 136-м) ар я щIэдзапIэу?!
Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ нэхъыщхьэм хэту ди республикэм и щIыхьыр Бахъсэн щыщ щIалэм щимыхъума къалэшхуэ Совет Союзымрэ Урысей Федерацэмрэ иту къыщIэкIынкъым. Налшык и «Спартак»-м и фащэр щыгъыу ар зэIущIэ 415-м къихьащ. Абыхэм хьэрхуэрэгъу къащыхуэхъуахэм я щхьэр щIригъэхьэрт икIи топи 136-рэ яхудигъэкIащ. Апхуэдэ зыхузэфIэкIа Налшык и «Спартак»-м зэи хэтакъым. КъищынэмыщIауэ, Гъубжым зэIущIэ 20-м топ тIурытI щыдигъэкIащ – апхуэди нэгъуэщI диIэкъым. ИлъэсихкIэ зэкIэлъхьэужьу, 1983 - 1988 гъэхэм, я хьэрхуэрэгъухэм топ нэхъыбэ дыдэ яхудигъэкIыурэ ар ди «Спартак»-м и гъуащхьауэ нэхъ Iэзэ дыдэ хъуащ.
Кострома и «Спартак», Грознэм и «Эрзу», Мейкъуапэ и «Дружба», Бахъсэн и «Автозапчасть» командэхэми ехъулIэныгъэхэр иIэу щыджэгуащ. Ахэри хэплъхьэжмэ, Гъубж Вячеслав 532-рэ хэтащ Совет Союзымрэ Урысей Федерацэмрэ я стадионхэм щыIа зэIущIэхэм икIи абыхэм 164-рэ къыщыхэжаныкIащ. Топджэгум апхуэдэ лъэужь дахэ къыщызыгъэна, Къэбэрдей-Балъкъэрыр къызогъанэри, къэралым къыщыгъуэтыгъуейщ. Ар я хьэрхуэрэгъухэм щебгъэрыкIуэкIэ Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ щхьэуназэ ищIырти, хабзэр къызэпамыудауэ нэхъыбэм къызэтрагъэувыIэфыртэкъым. Абы и фIыгъэкIэ зыхэт командэхэм пенальти Iэджэ къалэжьащ икIи текIуэныгъэхэр зыIэрагъэхьащ. Псом хуэмыдэу Вячеслав убыдыгъуейт псори щеша джэгум и кIэухым. ЯгъэщIагъуэрт а щIалэ IэмащIэ-лъэмащIэм апхуэдиз къару къыздрихыр къахуэмыщIэу.
Илъэс пщыкIуийкIэ пщIэрэ щIыхьрэ иIэу зыхэта футбол иным Гъубжыр къыщыхэкIыжар 1997 гъэращ. Джэгун щиухари къыщыщIидза щалъхуа Бахъсэн къалэращ. Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым зыкъыщызыгъэлъэгъуа щIыпIэ «Автозапчасть»-р къызэгъэпэщынымрэ лъэ быдэкIэ увынымкIэ абы куэд ищIащ.
И ныбжьыр нэсу футболист IэщIагъэр IэщIыб ищIын хуей хъуами, топджэгур и гум хуигъэхуакъым. Тренеру лэжьэфын папщIэ ар абы Мэзкуу щыхуеджащ. 2001 гъэм щыщIэдзауэ нобэр къыздэсым Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ нэхъыщхьэм и тренер гупым хэтщ, къалэн зэмылIэужьыгъуэхэр и пщэрылъу. Гъубж Вячеслав щытащ Налшык и «Спартак»-м и тренеру, тренер нэхъыщхьэу, премьер-лигэм кIуа «Спартак-Налшыкым» и дублёрхэм я тренер нэхъыщхьэу, клубым и тренер-селекционеру. Иужь илъэсихым командэм и спорт директорщ.
Сыт хуэдэ IэнатIэ пэрыувэми Гъубж Вячеслав хьэлэлу бгъэдэтщ. ДжэгупIэ губгъуэм щитами иджыпстуи ар куэдым я щапхъэщ, унагъуэ быди иIэщ. И къуэ Марат адэ цIэрыIуэм и лъэужь дахэм ирикIуащ. Ар гъуащхьауэу щыджэгуащ Налшык и «Спартак»-м и щIалэгъуалэ гупым, Раменскэм и «Сатурн»-м, Самарэ и «Крылья Советов»-м, уеблэмэ, Урысей Федерацэм и ныбжьыщIэ командэ къыхэхам ираджэу щытащ. АрщхьэкIэ фэбжь зэмылIэужьыгъуэхэр зэкIэлъхьэужьу игъуэтри, футболым къыхэкIыжын хуей хъуащ.
Гъубж Вячеслав Къэбэрдей-Балъкъэрыр зэрыгушхуэхэм ящыщ зыщ. ДжэгупIэ губгъуэм къызэримыхьэжрэ илъэс тIощIым щIигъуами, абы и цIэр ди къэралым и щIыпIэ куэдым нобэми щащIэж, ирогушхуэ. Апхуэдэхэращ щIалэгъуалэр спортым дезыгъэхьэхыр, футболымрэ гъащIэмрэ лъэужь дахэ хезыгъэшыр. АдэкIи Тхьэм къыхузэпищэ!
Сурэтхэм:
Вячеслав и щIалэгъуэмрэ нобэрэ.
Налшык и «Спартак»-м и щIыхьыр илъэс куэдкIэ зыхъумахэу Заруцкий Александррэ Гъубж Вячеславрэ щохьэщIэ ди командэм хэту япэу топищэ я хьэрхуэрэгъухэм яхудэзыгъэкIа Бэч Руслан и унагъуэм.
Жыласэ Заурбэч.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "348.txt"
} |
Ди спортсменхэр къыхожаныкI
Iэпщэрыбанэ
Волгоград къалэм щекIуэкIащ ныбжьыщIэхэм IэпщэрыбанэмкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэ. Псори зэхэту абы ирихьэлIащ спортсмен 970-рэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр зэхьэзэхуэм щахъумащ цIыху 13-м.
Зи хьэлъагъыр килограмм 65-м нэблагъэхэм я гупым пашэныгъэр щиубыдащ Сомгъур Азэмэт. Абы и гъэсакIуэ КIэрашэ Джамболэт «Зэхьэзэхуэм и тренер нэхъыфI» цIэр къыхуагъэфэщащ.
Бэрэгъун Зуберрэ Костачков Лолэрэ ягъэхьэзыр Кныш Розэ (кг 65-рэ) етIуанэ увыпIэр къихьащ. Ар къыщыхагъэщIар кIэух зэIущIэращ.
Килограмм 60-м нэблагъэ зи хьэлъагъхэм я гупым щекIуэкIа зэпэщIэтыныгъэ гуащIэм жэз медалыр щызыIэригъэхьащ икIи IэпщэрыбанэмкIэ Урысейм спортым и мастерым и мардэр игъэзэщIащ Къанэмэт Аслъэнбэч. Абы и тренерщ Мамхэгъ Iэдэмрэ Ныбэжь Аслъэнрэ.
ЖЫЛАСЭ Замир.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "349.txt"
} |
Анэхэм я щIыхькIэ
Анэм быныр зэрилъагъур псыежэхым и кIыхьагъщ, быным анэр зэрилъагъур телъ лъэмыжым и кIыхьагъырщ - жиIащ псалъэжьым. Анэ хьэкъыр пшыныжыныр гугъуу къыщIэкIынщ, ауэ куэд и уасэщ абы хуэпщI гулъытэмрэ гуапагъэмрэ. Апхуэдэ гупсысэ щIэлъми ярейт иджыблагъэ Налшык къалэм Сабий творчествэмкIэ и «Нарат» IуэхущIапIэм Анэм и махуэм теухуауэ щрагъэкIуэкIа зэхыхьэр.
IуэхущIапIэр илъэс 15 хъуауэ мэлажьэри, абы и гъэсакIуэхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ сыт щыгъуи гулъытэ ин хуащI щIэблэм хабзэ яхэлъхьэным, ахэр нэхъыжь-нэхъыщIэ зэхущытыкIэхэм хуэгъэсэным. «Нарат»-м сабии 113-рэ мы зэманым йокIуалIэри, абыхэм унэтIыныгъэ 21-кIэ зрагъэужь - бзэхэм хурагъаджэ, къафэ зэмылIэужьыгъуэхэм, пшынэ еуэкIэм, нэгъуэщIхэми хуагъасэ.
Анэхэр гъэлъэпIэным теухуа зэIущIэр къызэригъэпэщат IуэхущIапIэм «ГъащIэ жыг» зи фIэщыгъэ дерсым щыхуезыгъаджэ Къашыргъэ Залинэ. Абы жиIащ анэхэр лэжьэн зэрыхуейм къыхэкIыу быным ягъуэтыпхъэ гулъытэ зэрырамытыжыфыр, абы епхауэ къапщтэмэ, Анэм и махуэр зэрагъэлъапIэм мыхьэнэшхуэ иIэу къызэрилъытэр.
ЕгъэджакIуэм махуэшхуэм сабий 25-рэ хуигъэхьэзырат. ЦIыкIухэм анэм теухуа уэрэдхэмрэ усэхэмрэ жаIащ, я IэкIэ ящIахэр, хъуэхъу тхыгъэ тету, я анэхэм иратащ.
ЗэIущIэр щIэщыгъуэ ищIу, анэхэмрэ сабийхэмрэ псалъэжьхэр абдеж щызэпадзыжащ, псынщIэрыпсалъэхэмкIэ зэпеуащ. Иужьрейхэр уасэ зимыIэкъэ сабийм и бзэм зебгъэужьынымкIэ: «Бадэ бадзэ къеубыдыр, Бадэ бадзэм иреудыр», «Къепсыр къепсу къепсыхыжри, къепсыр къепсри бзэхыжащ», «Е семышу сезэша, е сешауэ сызэша» псынщIэрыпсалъэхэр, нэгъуэщIхэри.
Анэхэм зы уэрэд цIыкIукIэ яхуэупсащ центрым и гъэсэн Къумыкъу Лианэ. Анэхэр я быным узыншэу ящхьэщытыну, щIэблэм я гуфIэгъуэ куэд ялъагъуну къызэхуэсахэм ехъуэхъуащ уэрэджыIакIуэ щIалэ Иуан БетIали. Абы зы уэрэд тыгъэ яхуищIащ зи махуэр зыгъэлъапIэхэм.
Анэхэм псалъэ гуапэхэмкIэ захуигъэзащ «Нарат» IуэхущIапIэм и унафэщI Къэгъэзэж Жыраслъэн. Абы зэхыхьэм и къызэгъэпэщакIуэхэми сабийхэми фIыщIэ яхуищIащ егугъуу зэрызагъэхьэзырам щхьэкIэ.
БАГЪЭТЫР Луизэ. Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "35.txt"
} |
Европэпсо зэхьэзэхуэм ирагъэблагъэ
Тхэквондо
Болгарием и къалащхьэ Софие мы махуэхэм щекIуэкIащ тхэквондомкIэ II мультиевропей чемпионат. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ спортсменхэри.
ЗэпэщIэтыныгъэ гуащIэхэм зи хьэлъагъыр килограмм 73-м нэблагъэхэм я гупым пашэныгъэр щиубыдащ Лантратов Денис. Килограмм 63-рэ зи хьэлъагъ Пушанкэ Никитэ зэхьэзэхуэм и жэз медалыр къихьащ. Европэм и чемпионатым къыщагъэлъэгъуа зэфIэкIхэм япкъ иткIэ а тIури ирагъэблэгъащ европэпсо зэхьэзэхуэм.
ЩIалэхэр ягъасэ Ахъмэт Амир, Хан Артур, Щокъарэ Хьэзрэталий сымэ.
ЖЫЛАСЭ Замир.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "350.txt"
} |
Дызэдэгуашэу, дызэрыIыгъыу
Ди щIыпIэр лъэпкъ куэдым адэжь хэку яхуэхъуа щIыналъэщ. Нэхъыжьхэм къытхуагъэна хабзэфIхэм ящыщщ лъэпкъхэр зэш пэлъытэу, зым и дамэпкъыр адрейм щIэдгъакъуэу, ди республикэм ифI къызэрыкI Iуэхухэр зэфIэтхыу дызэдэпсэуныр. Апхуэдэу хъуащ 1957 гъэм и гъатхэпэ мазэми – балъкъэр лъэпкъыр я хэку къагъэзэжыну хуит щащIыжа зэманым.
А гъатхэм ди Щхьэлыкъуэ къуажэм къыдэтIысхьауэ щытащ балъкъэр унагъуэ 26-рэ. Ахэр ипэкIэ щыпсэуа Шыкхъэ щIыпIэр зэрызэхакъутам къыхэкIыу, абыхэм псэупIэщIэу къыхуагъэлъэгъуат ди жылэр. ЖыпIэнурамэ, щхьэлыкъуэдэсхэр гурэ псэкIэ япежьащ хамэщI къикIыжа я лъахэгъухэм. Къуажэ советым и унафэкIэ, балъкъэр унагъуэхэм Iэщ иратащ, унапIэхэри къыхупачащ. Я унэ-лъапсэхэр яухуэху, ахэр унагъуэ-унагъуэкIэрэ трагуэшауэ щытащ. Адыгэхэри, урысхэри, адрей къуажэдэсхэри балъкъэрхэм ядэгуашэрт ерыскъыкIи щыгъынкIи, я Iуэхур зэрыдэкIынкIи чэнджэщ щхьэпэхэр иратырт.
Ди хьэблэм абы щыгъуэ къыдэтIысхьауэ щытащ Мечиевхэ зэдэлъхузэшыпхъур. Ахэр и бынт балъкъэр усакIуэ-уэрэдус Мечиев Кязим. Гъунэгъухэм занщIэу гунэс ящыхъуат Сэхьидрэ Шапийрэ. Ахэр нэмыс зыхэлъ цIыхут. Сэхьид гъущIыкIэхэкIхэмкIэ IэпщIэлъапщIэти, къуажэдэсхэр куэдрэ IуэхукIэ хуэкIуэрт. Къэхъуртэкъым абы зыгуэр щигъэщIэхъу, лъэкIыххэнуIамэ. Нэгу зэлъыIуха зиIэ Шапий псоми яхуэгуапэт, и жыпым IэфIыкIэ илъ хабзэти, хьэблэм дэс цIыкIухэр абыкIэ игъэгуфIэрт.
Куэд дэмыкIыу Сэхьид ЖБИ заводым лэжьапIэ увауэ щытащ. Зэдэлъхузэшыпхъум унэ ухуэн щыщIадзам, ар зэрыхьэблэу ди ухуэныгъэ хъуащ: дэтхэнэми и къару хилъхьэрт абы. Япэ щIыхьэхум сэри сыхэтауэ щытащ. Псэуалъэшхуэм и щIыбагъ фундаментыр сэрэ Дзагуэ Мухътаррэ зэтетлъхьауэ щытащ. Шапий IэфIу тхуэпщафIэрт щIыхьэху махуэхэм. Иджыри си Iум иту къысщохъу абы игъэва кIэртIофым и мэр…
А гъэ дыдэм и бжьыхьэм Сэхьид унагъуэ хъуащ. Абы щхьэгъусэу къыхихат Белая Речкэ жылэм щыщ Биттировэ Марьям. НысащIэр къашэну Щхьэлыкъуэ икIа щIалэ гупым сащыщт сэри. Апхуэдэу япэ дыдэ балъкъэр хьэгъуэлIыгъуэ сыхэтауэ щытащ. ИужькIэ мызэ-мытIэу апхуэдэ гуфIэгъуэхэм сыщыIащ. Сызыщылажьэ курыт школым и профсоюз зэгухьэныгъэм срипашэти, ди балъкъэр егъэджакIуэ пщащэхэр унагъуэ ихьэмэ, гупыр сшэрти сыкIуэрт. Апхуэдэ гуфIэгъуэ Iэнэм дыщысауэ щытащ пэщIэдзэ классхэм щезыгъаджэ Султановэ Надеждэ Чочаевхэ щашам щыгъуэ, иужькIэ ди пионервожатэ нэхъыжь Гаевэ Рахьимат Созаевхэ я нысэ щыхъуам.
Сэ сызиунафэщI классым щIэсащ 1957 гъэм ди деж къэIэпхъуэжа балъкъэрхэм я бын куэд. Къапщтэмэ, ди гъунэгъу Шапий и сабийхэу Хъайбаррэ Тонякэрэ, Сэхьид ипхъухэу Любэрэ Жаннэрэ, абыхэм я Iыхьлыхэу Хъызыррэ Таукъанрэ. ГъэщIэгъуэныракъэ, ахэр псори фIырэ фIы дыдэу еджащ. Жаннэ курыт школыр дыщэ медалкIэ къиухауэ щытащ, адрейхэми еджэныр щытхъу пылъу зэфIагъэкIащ, гъащIэми я увыпIэ щагъуэтащ. ТIэкIу гугъу сыдехьауэ щытащ Хъызыр. Ар хунэсатэкъым курыт школыр Къыргъызым къыщиухыжыну: дзэм къулыкъу щищIэну ираджат. Къулыкъур щиухам щыгъуэ, и унагъуэр хэкум къэIэпхъуэжакIэти, езыри абыхэм къакIэлъыкIуэжат. Куэдрэ тегушхуакъым школым щIэтIысхьэжу и еджэным пищэну: и теплъэкIэ адрей ныбжьыщIэхэм къахэщынут. ИтIани, апхуэдизу щIэныгъэм хуэнэхъуеиншэти, а Iуэхум тегушхуащ. Сэри адрей ди егъэджакIуэхэри дыдэIэпыкъуащ щIалэ ерыщым и мурадыр къехъулIэнымкIэ. Абы жиIэрт дохутыр IэщIагъэм ехъуапсэу. Апхуэдэуи хъуащ. Курыт школыр фIы дыдэу къиухри, Орджоникидзе (иджы Владикавказ) дэт медицинэ институтым щIэтIысхьащ. Абы дохутыр IэщIагъэр щызригъэгъуэтащ, иужькIэ Ленингради и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ.
Къахуиуха бэлыхьым къелри, а лъэпкъыр апхуэдэу ди гъащIэм къыхыхьэжащ. Сэ а лъэхъэнэм сцIыхуа балъкъэр куэдым къахэкIащ щIэныгъэлI Iэзэхэр, IэщIагъэлI гъуэзэджэхэр. НобэкIэ ахэр, ди республикэм щыпсэу адрей лъэпкъхэми хуэдэу, зыужьыныгъэм и гъуэгум тетщ.
КОММОДОВ Геннадий.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "351.txt"
} |
Дунейм щыхъыбархэр
ЦIыхухэм я дзыхь зрагъэзынур дэтхэнэра?
Урысейми нэгъуэщI къралхэми нобэ нэхъ зыщытепсэлъыхьхэм ящыщщ тхьэмахуэ махуэ кIуам Украинэм щекIуэкIа президент хэхыныгъэхэр. Абы кърикIуахэр зэхалъхьэжащ икIи наIуэ къызэрыхъуащи, зыми къахьакъым Iэ зыIэта хэхакIуэхэм я процент 50-м щIигъум я арэзыныгъэр. Апхуэдэу жиIащ Украинэм и ХэхакIуэ комиссэ нэхъыщхьэм и унафэщI Слипачук Татьянэ.
Хэхыныгъэ хабзэм къызэригъэувымкIэ, президент къулыкъум щIэбэнхэм ящыщу текIуауэ къалъытэр икIи къэралым и унафэщIу увыну хуитыр Iэ IэтыпIэхэм къекIуэлIахэм я зэхуэдитIым щIигъур зи телъхьэрщ.
Бжьыпэр зыIыгъ Зеленский Владимир и телъхьэщ украинхэм я процент 30,41-р. А къэралым и иджырей президент Порошенкэ Пётр Iэ хуэзыIэтар хэхакIуэхэм я процент 16,34-рщ. Ещанэ увыпIэм щытщ къэралым и премьер-министру щыта Тимошенкэ Юлие – абы процент 13,09-рэ къихьащ.
Иджы аргуэру хэхыныгъэхэр екIуэкIынущ. Ар мэлыжьыхьым и 21-м траухуащ. Абы хэтынур хэхакIуэ нэхъыбэ зи лъэныкъуэ къэзыщIыфа Зеленскэмрэ Порошенкэрэщ.
Къэралыр иджыпсту зэрыт щытыкIэ гугъум къришыфыну щыгугъыу, цIыхухэм я дзыхь зрагъэзынур дэтхэнэрауэ пIэрэ? Абы и жэуапри мыгувэу наIуэ хъунущ, ауэ мыгурыIуэгъуэр а щытыкIэм къэралыр щIэх къикIыфынрэ къимыкIыфынрэщ.
Зи Iуэху еплъыкIэхэр зэтемыхуэ, зыкIи зэгурымыIуэ куэд зыхэт жылагъуэр къэбгъэдэIуэфыныр, апхуэдэхэр зэгурыбгъэIуэныр, дауи, икъукIэ къалэн гугъущ. Ауэ иджысту тлъагъуращи, икъукIэ къэщIэгъуейщ Украинэм хэхыныгъэхэр щызэфIэкIмэ, абы здиунэтIынур дэнэкIэми.
Европэр пластикым поув
Европарламентыр арэзы техъуащ ЕС-м пластикым къыхэщIыкIа хьэкъущыкъухэм ятеухуа и законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным. Нэхъ тэмэму жыпIэмэ, Европэ зэгухьэныгъэм яужь щихьащ апхуэдэ хьэкъущыкъухэр къыщIагъэкIыуи ящэуи мыдэным пыщIа Iуэхум. Зэхалъхьа хабзэм къару игъуэтынущ 2021 гъэм къыщыщIэдзауэ.
ЯщIу ямыдэнухэм хагъэхьащ зэ фIэкIа къамыгъэсэбэп тепщэчхэр, гъуахъуэ-бжэмышххэр, псы зэрефэ трубкэ цIыкIухэр, апхуэдэуи бжьэхуц зытешыхьа пластик баш цIыкIухэр. Депутатхэм къагъэув зэрызэрахъуэкIын зэкIэ щымыIэ пластик хьэпшыпу къыщIагъэкIри гъэмэщIэн хуейуэ. Апхуэдэхэм ящыщщ ерыскъы зралъхьэ контейнерхэр, зыгъэпсэхуакIуэ щыкIуэкIэ къыздащтэ стэканхэр.
А Iуэхум апхуэдэу ткIийуэ яужь ихьэныр сыт къызыхэкIар? Абы и жэуапри зэпкърахащ Европарламентым и депутатхэм. Псом япэрауэ, дунейпсо хым хэлъ пхъэнкIийм и нэхъыбэр – процент 80 хуэдизыр – пластикщ. «2050 гъэм ирихьэлIэу апхуэдэ кIэрыхубжьэрыхухэр хыхэм бдзэжьейуэ хэсхэм нэхърэ нэхъыбэ щыхъунущ. Ар псэущхьэхэм зэрашхым къишэ зэраныгъэм, щIыуэпсым зэрегуауэм я гугъу умыщIыххэ», - жаIэ а Iуэхум игъэпIейтейхэм.
Нобэ
♦Урысейм щагъэлъапIэ Геологым и махуэр
♦«Псы ткIуэпсыр - дыщэ налъэ пэлъытэщ» зыфIаща махуэшхуэр Тыркумэн Республикэм щрагъэкIуэкI.
♦1829 гъэм инджылыз Каррингтон Джеймс иратащ кофе хьэдзэхэр зэрахьэж Iэмэпсымэ къызэригупсысам щыхьэт техъуэ тхылъ.
♦1879 гъэм Софие Болгарием и къалащхьэу къалъытащ.
♦1904 гъэм Кавказ бригадэм хыхьэ Къэбэрдей сотняр къызэрагъэпэщащ.
♦1922 гъэм Сталин Иосиф РКП (б)-м и ЦК-м и секретарь нэхъыщхьэу хахащ.
♦1933 гъэм урыс хирург Вороной Юрий, дунейм щыяпэу, цIыхум и жьэжьейр хузэхъуэкIыным теухуа операцэ ищIащ.
♦1955 гъэм «Экип» спорт газетым къыхилъхьэри, къэралийм я лIыкIуэхэр зэгурыIуауэ щытащ Европэм футболымкIэ и чемпионхэм я кубокыр гъэувыным теухуауэ.
♦1967 гъэм япэу ягъэлъэгъуащ режиссёр Гайдай Леонид триха «Кавказская пленница, или Новые приключения Шурика». Ар цIыхубэм нэхъыфI дыдэу ялъагъу фильмхэм ящыщ хъуат зэман кIэщIым къриубыдэу.
♦1973 гъэм штрих-кодыр - сатууэ ящIар нэрылъагъу зыщI Iэмалыр - къагупсысащ.
♦1995 гъэм Урысей Федерацэм контрразведкэмкIэ и федеральнэ къулыкъущIапIэм зэреджэр ШынагъуэншагъэмкIэ федеральнэ IуэхущIапIэ жиIэу зэрахъуэкIащ.
♦1920 гъэм къалъхуащ совет тхакIуэ, журналист, къэрал дамыгъэ куэд зыхуагъэфэща Нагибин Юрий.
♦1924 гъэм къалъхуащ Америкэм щыщ актёр, режиссёр, «Оскар» саугъэтыр тIэу зыхуагъэфэща Брандо Марлон къызэралъхурэ илъэс 95-рэ ирокъу.
♦1930 гъэм къалъхуащ нэмыцэ политик, къэрал лэжьакIуэ цIэрыIуэ, ФРГ-м и канцлеру илъэс 16-кIэ щыта, Германие къэралитIыр зы хъужыным хэлIыфIыхьа Коль Гельмут.
♦1934 гъэм къалъхуащ къэрал, парт къулыкъущIэу, Осетие Ищхъэрэм и президенту (1998 – 2005 гъэхэм) щыта Дзасохов Александр.
♦1937 гъэм къалъхуащ театрым и режиссёр, драматург, УФ-м и цIыхубэ артист Розовский Марк.
♦1939 гъэм къалъхуащ урысей математик, Урысейм щIэныгъэхэмкIэ и академием и вице-президент, МКъУ-м и ректор Садовничий Виктор.
♦1948 гъэм къалъхуащ актёр, УФ-м и цIыхубэ артист Носик Владимир.
♦1958 гъэм къалъхуащ Америкэм щыщ актёр цIэрыIуэ, «Дыщэ глобус», «Эмми» саугъэтхэр зрата Болдуин Алек.
♦1963 гъэм къалъхуащ усакIуэ, Адыгэ Республикэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къуий Щыхьымбий.
♦1971 гъэм къалъхуащ урысей актрисэ, теленэтынхэр езыгъэкIуэкI, УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ Заворотнюк Анастасие.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, уэшх тIэкIу къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градуси 10 - 11, жэщым градуси 5 - 6 щыхъунущ
.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Ягъэсэхъуар мэунэхъу.
Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "352.txt"
} |
ГъэщIэгъуэнт
Джэгу-зэпеуэ
«Урысей гвардием и махуэхэм» зыфIаща Iуэхухэм щыщу, Урысей гвардием КъБР-м щиIэ къудамэм къызэригъэпэщащ джэгу-зэпеуэ (квест).
Джэгум и сценариймкIэ, Лъэпкъ гвардием и махуэшхуэм теухуауэ игъэхьэзыра тхыгъэр иIыгъыу журналистыр ядыгъуа хуэдэт. Зэпеуэм къызэригъэувымкIэ, гвардием и лэжьакIуэхэм къагъуэтыжын хуейт журналистымрэ абы и тхыгъэмрэ.
Езы управленэм и лэжьакIуэхэм къищынэмыщIауэ, зэпеуэм хэтащ «КъБР 1», «Россия 1» телеканалхэм я лэжьакIуэхэр, урыс географием и «Альтаир» щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэм и лIыкIуэхэр, джэгу-зэпеуэм зыкъыщагъэлъэгъуэну гупыж зыщIа «лъэужьыхухэр».
Джэгур яублащ сыхьэт 18-м. Абхъазым и утыкум къыщыщIэдзауэ къыхуагъэлъагъуэ хэщIапIэхэм Iухьэурэ, къызэгъэпэщакIуэхэм къыхуагъэув къалэнхэр ягъэзэщIащ. А псом текIуэдащ сыхьэтиплI.
Зэпеуэм хэтахэм зэрыжаIэмкIэ, Лъэпкъ гвардием и лэжьакIуэхэм я пщэрылъхэр зэрымытыншыр ягъэунэхуащ. Къапщтэмэ, уэшх къежэхым, кIыфIым ухэту унэжь бгынэжахэр къэпщыну, лъэмыж лъабжьэхэм ущIэплъэну щIагъуэтэкъым.
Журналист «кIуэдам» деж япэу нэсар «лъэужьыхухэращ». ЕтIуанэ увыпIэр къахьащ «Альтаир» клубым хэтхэм, Лъэпкъ гвардием и лэжьакIуэхэр ещанэщ.
Джэгум хэтахэр Лъэпкъ гвардием и лэжьакIуэхэм я махуэмкIэ ехъуэхъуащ.
- Мыпхуэдэ джэгу-зэпеуэм япэу дыхэту аращ. Пэжщ, тынштэкъым, языныкъуэ къалэнхэм дапэмылъэщыну къытщыхъуми, ди къару къызэрихькIэ делIэлIащ. Иджы, псори зэфIэкIауэ сызоплъэкIыжри, нэхъыбэжми дызэрыхуэхьэзырыр къызгуроIуэ. Согугъэ дяпэкIи мыпхуэдэ зэпеуэ къызэрагъэпэщмэ, дыкърагъэблэгъэну, - жиIащ «Альтаирым» и унафэщI Мокаев Тенгиз.
ФЫРЭ Анфисэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "353.txt"
} |
Я зэфIэкI ягъэлъагъуэ
Урысейм Тезыр зытралъхьахэм ахэр егъэпшынынымкIэ и федеральнэ къулыкъум и IуэхущIапIэу КъБР-м щыIэм и цIыхубз колоние №4-м щекIуэкIащ гъатхэ махуэшхуэм теухуа «А ну-ка, девушки!» зэпеуэ. Дахэу ягъэщIэрэщIа IуэхущIапIэм и клубым щызэпеуащ тезырыр зыпшыныж отрядхэм я командитI.
Абыхэм я зэфIэкIыр къэзыпщыта жюрим хэтащ Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и унафэщIым жылагъуэ зэпыщIэныгъэхэмкIэ и дэIэпыкъуэгъу Амщыкъуэ Анжелэ, Управленэм и аппаратым гъэсэныгъэмкIэ и къудамэм и лэжьакIуэхэр, IуэхущIапIэм и унафэщIхэр.
Iыхьэ зыбжанэу екIуэкIа зэпеуэм хэта цIыхубзхэм зыкъагъэлъэгъуэн хуейт дипломату, модельеру, артисту, унэгуащэу, дизайнеру, абы щыгъуэми я макъамэ, къафэ зэфIэкIхэри утыку кърахьэу. Пщащэхэм я зэчийр ягъэлъагъуэу, хэт уэрэд жиIащ, хэти къэфащ. Къыхэдгъэщынщи, зэпеуэм хэтахэм я бостейхэр езыхэм я IэкIэ ягъэхьэзырыжащ, яIэ щэкIхэр къагъэсэбэпурэ.
УФСИН-м и пресс-IуэхущIапIэм и унафэщI Зэбар Мадинэ къызэрыджиIащи, жюрим хэтхэм я дежкIэ тынштэкъым командэхэм я зэфIэкIыр зэпалъытыныр, зэпеуэм кIэлъыплъыну къызэхуэса, тезырыр зыпшыныжхэм ящыщхэм ахэр даIыгъащ Iэгуауэшхуэрэ псалъэ гуапэхэмкIэ. Зэхьэзэхуэм хэтахэм IэфIыкIэхэр тыгъэ хуащIащ.
ЗэIущIэм и кIэухыу жюрим хэтахэм абыхэм жраIащ узыншагъэ яIэну, шыIэныгъэ яхэлъыну, я унэм ягъэзэжыну, гъатхэ гукъыдэж дахэ яIэну зэрагуапэр.
ДЫГУЛЫБГЪУ Жансурэт.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "354.txt"
} |
«Ажалыр щащэр жыIэ!»
Апхуэдэ фIэщыгъэм щIэт урысейпсо акцэм хиубыдэ лэжьыгъэ щхьэпэхэр республикэм щрагъэкIуэкI КъБР-м щыIэ МВД-мрэ мы лэжьыгъэр зи къалэным хыхьэ нэгъуэщI IуэхущIапIэхэмрэ.
Налшык къалэ дэт «Строитель» колледжым наркополицейхэм, КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ, ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэхэм я лэжьакIуэхэм студентхэм папщIэ ирагъэкIуэкIащ наркотикхэкIхэмрэ акъылыр зыгъэутхъуэ пкъыгъуэхэмрэ пэIэщIэным, наркотикым ныбжьыщIэхэр емыгъэтхьэкъуным, тутынымрэ фадэхэкIымрэ узыншагъэмкIэ зэрызэраным теухуа лекцэ, - къет КъБР-м щыIэ МВД-м и пресс-IуэхущIапIэм.
КъБР-м щыIэ МВД-м Наркотикыр зэрызэрагъэкIуэкIым кIэлъыплъынымкIэ и управленэм и оперуполномоченнэ, полицэм и подполковник Давыдовэ Иринэ тепсэлъыхьащ наркотикхэр зэхьэлIэным шынагъуэу хэлъым, абы ныбжьыщIэм и узыншагъэр зэрытекIуадэм. Давыдовэм щIэблэр къыхуриджащ, наркотик ящэу ирихьэлIэмэ, хабзэхъумэ IэнатIэхэм хъыбар ирагъэщIэну, ягу къигъэкIыжащ мы Iуэхум хухэхауэ «дзыхь зрагъэз» телефон зэрыщыIэр.
Наркотикхэр хабзэм къемызэгъыу зэрагъэкIуэкIыныр къызэпыудыным теухуа лэжьыгъэм щытепсэлъыхьым, Иринэ жиIащ УФ-м и ФСБ-м и Управленэу КъБР-м щыIэм щIыгъуу Свердловскэ областым щыщ цIыхуитI иджыблагъэ зэраубыдар. Абыхэм гъэтIылъыпIэ щэхухэр къагъэсэбэпурэ наркотикхэр ирагъэкIырт. IэщIагъэлIхэм къызэралъытамкIэ, къытрахар зэхьэлIэгъуэ 300-м хурикъунут. Давыдовэ Иринэ къызэрыхигъэщащи, а щIэпхъаджагъэр къыщIагъэщащ цIыхухэр зэрысакъым и фIыгъэкIэ. Абы щIалэгъуалэр къыхуриджащ Интернетым къралъхьэм теухуауэ сакъыну, щIэпхъаджащIэхэм наркотикхэкIхэр къызэрыщыхуагъэлъагъуэм къыхэкIыу.
КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм и психиатр-нарколог ПащIэ Артур студентхэм зэпкърыхауэ яхутепсэлъыхьащ акъылыр зыгъэутхъуэ пкъыгъуэхэр Iэпкълъэпкъым зэран зэрыхуэхъум, къапщтэмэ, дохутырхэм къызэралъытэмкIэ, сэху гъэса зыхэлъ «насвай» пкъыгъуэм жьэ кIуэцIыр Iисраф ещI.
ПащIэ Артур жиIащ Урысейм илъэс къэс тутынафэ мин 400-м нэблагъэ зэрыщыIэр. Абы къыхигъэщащ наркотикым итхьэкъуахэм СПИД узыфэ къазэреуалIэр. Статистикэм къызэритымкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым ВИЧ узыфэр зыпкърытхэр цIыху минитIым щыноблагъэ.
Зытепсэлъыхьахэм ятеухуауэ и Iуэху еплъыкIэр жиIащ ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ министерствэм куэд къызэщIэзыубыдэ и щIалэгъуалэ центрым и эксперт Къарэ Ратмири.
ЗэIущIэм хэтахэр ирагъэплъащ наркотикым къишэ зэраныгъэм теухуа документальнэ фильм, иужьым студентхэм я упщIэхэм жэуап иратащ.
УЭРДОКЪУЭ Женя.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "355.txt"
} |
Къэхъун къыщагъуэта мывэ телъыджэ
ГъэщIэгъуэнщ
Дыкъэзыухъуреихь дунейм хьэлэмэт куэд ущрохьэлIэ, ахэр зэрыбгъэщIэгъуэни, зыхуэпхьыни умыщIэу. Апхуэдэщ илъэс зыбжанэ ипэкIэ Къэхъун къуажэм дызыщрихьэлIари.
- Дыуэршэру лIы гуп уэрамым дытету, си къуэш нэхъыжь Анорбий и пащхьэм илъ мывэр лъапэкIэ зэригъэдзэкIри, игъэщIагъуэу къиIэтащ, «феплъыт!» жыхуиIэу, - щыгъуазэ дещI къэхъундэс Албот Сэрэбий. – Зыхуэтхьынур дымыщIэу абы тет тхыпхъэщIыпхъэхэр зэпэтплъыхьащ, нэщIэпкIэ псэущхьэми едгъэщхьащ.
Зи щхьэфэр апхуэдизу дахэм и кум илъри Сэрэбий зригъэщIащ. Хуэсакъыпэурэ мывэр зэтриуда иужькIэ къыщIэщар нэхъ телъыджэжщ. Иджы ар хэти иригъэлъагъуну и гуапэщ икIи псоми яфIэгъэщIэгъуэнщ.
- Зы махуэ, сыдэмысу, пщIантIэр зэщIыдокъуэ жари, си мывэр лъэныкъуэ ирагъэзащ, - пещэ абы. – Ар къэзгъуэтыжыху къэзбэмпIар сыт?! Сытми, зыщIыпIэ деж къуадзэжауэ къесхьэлIэжащ, гъэтIылъыпIэ щхьэхуи хухэсхащ.
Албот Сэрэбий и мывэ телъыджэр, дауи, къызэрыгуэкIкъым. Хуэгъэфэщэгъуейщ абы и тхыпхъэщIыпхъэхэр къызыхэкIар. Сыту пIэрэт абы теухуауэ щIэныгъэлIхэм жаIэнур?
Сурэтхэри тхыгъэри ЖЫЛАСЭ Заурбэч ейщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "356.txt"
} |
Зи щхьэм пщIэ хуэзыщIыж лъэпкъ
* * *
Адыгэхэр лъэпкъ нэхъыжь дыдэхэм ящыщщ. Абыхэм я тхыдэр апхуэдизкIэ жыжьэ зоIэбэкIыжри, Китайм, Мысырым, Къэжэрым я гугъу умыщIмэ, адыгэхэм я блэкIам елъытауэ, дэтхэнэ зы хэкуми зи гугъу ящIхэр дыгъуасэрей хъыбарщ.
Адыгэхэр нэгъуэщI телъыджэ гуэркIи псоми къахощ: ахэр зэрыпхъуакIуэм и унафэ зэи щIэтакъым. ИкIуэтащ, къуакIэбгыкIэхэм зыщагъэпщкIуащ, къаруушхуэкIэ ираудыхащ, ауэ къатегуплIахэм я хабзэхэм фIэлIыкIа мыхъумэ, зызыхуагъэщхъа къару щыIэкъым. Дызэрыт лъэхъэнэми ахэр, я хабзэ зэрахьэжу, я нэхъыжьхэм я унафэ щIэту мэпсэу. Мы лъэпкъыр гъэщIэгъуэн зыщI Iуэхущ мыри: щIы хъурейм тет дэтхэнэ лъэпкъри и тхыдэ жыжьэм зэбгъэплъэкIыжмэ, адыгэхэм я закъуэщ щхьэхуиту зэрыщытам щыхьэт техъуэфу къахэкIынур.
БжыгъэкIэ куэд мыхъухэми, я щIыналъэм апхуэдизкIэ купщIэшхуэ ехъумэри, пасэрей цивилизацэхэм а лъэпкъыр фIы дыдэу щацIыху. Адыгэхэм я гугъу ящI Геродот, Флакк, Помпоний, Страбон, Плутарх сымэ хуэдэ тхакIуэ щэджащэхэм.
Илъэс минитIрэ щищым щIигъуауэ дунейм нэхъ лъэрызехьэу тета тепщэхэм щахъумэфа хуитыныгъэм и лIыхъужь пшыналъэщ абыхэм я IуэрыIуатэр, таурыхъхэр, хъыбарыжьхэр.
«Глиссон и cурэт журнал».
Лондон. 1854 гъэ
* * *
Шэрджэсхэр къуданщ, зэкIужщ, бгы псыгъуэщ. Я лъыр къабзэщ, нэ фIыцIэхэщ, набдзэ къурашэхэщ, псом хуэмыдэжу цIыхубзхэр; адыгэ пщащэхэр я дахагъкIэ къахощ дуней псом цIыхубзу тету хъуам.
Абыхэм (кърым тэтэрхэм) Шэрджэсым иракуркъым, а хэкум исхэр зэрылIыхъужь защIэм щыгъуазэщи.
Адыгэхэр ирогушхуэ лъы къабзэ зэращIэтым, тыркухэм абыхэм пщIэ лей хуащI, шууей лъэпкъ пагэщ зэреджэр.
Абыхэм яшхэр дахэ дыдэщ, жанщ, пIащэщ, пIащэми, Iэпкълъэпкъ зэкIужщ, езы шэрджэсхэми хуэдэу… ЦIыху нэжэгужэщ адыгэхэр, къыщыфэм деж лъапэкIэ хатIэ-хасэ - ар гугъущ, дауи, ауэ дахагъэщ.
АСКОЛИ Эмиддио.
(Италие). 1634 гъэ
* * *
Хабзэрэ фащэкIэ адыгэ лъэпкъ псоми щапхъэ зытрахыр къэбэрдейхэрщ - Сунжэ къыщыщIэдзауэ тенджыз Iуфэм нэс.
ПОПКО Николай,
урыс щIэныгъэлI
* * *
Шэрджэсхэм я лъахэр телъыджэщ, пхъэщхьэмыщхьэ жыгхэр щыкуэдыкIейщ, япсхэр къабзабзэщ, мэзыр я гъунэжщ. Хьэуар абы щыкъабзэ дыдэщ, зэгъщ. Шэрджэсхэр зэрылъэпкъ дахэр зи фIыщIэр арауэ солъытэ. Лъахэ дэгъуэ дыдэ зэрисымрэ гъэсэныгъэ тэмэм зэрахэлъымрэ лъабжьэ хуэхъуащ адыгэ лъэпкъым и дахагъэм.
Ферран,
франджы дохутыр.
1702 гъэ
* * *
Дунейм тет нэхъ лъэпкъ хахуэ дыдэхэм ящыщщ шэрджэсхэр.
КАНИТЦ Феликс,
Австрием щыщ этнограф
* * *
Къэбэрдейхэм, шапсыгъхэм, Псыжь адрыщI ис адрей адыгэ лъэпкъхэм я шуудзэм ебгъапщэ хъун зыщIыпIи щыслъэгъуакъым.
ТОРНАУ Федор,
урыс тIасхъэщIэх
* * *
Сыт хуэдиз къытхуищIа дэ фэрэкIыр япэ дыдэ зыхэзылъхьа шэрджэс бзылъхугъэм! Сыт хуэдиз сабий ажалым къела абы и фIыгъэкIэ! ЦIыхум апхуэдэ Iуэхутхьэбзэ хуэзыщIэфа къэхъуакъым, аращ абы фIыщIэ щIыхуэфащэр.
* * *
Адыгэр цIыху хахуэщ, щхьэмыгъазэщ, ауэ къанлыкъым икIи гущIэгъуншэкъым: ирамыхулIауэ лъы игъэжэнукъым, ирахулIэрэ зэуэн хуей хъумэ, зыпикIуэтын щыIэкъым.
ЛАПИНСКИЙ Теофил,
Польшэм щыщ щIэныгъэлI, зауэлI.
1857 гъэ
* * *
Тэтэрхэмрэ нэгъуейхэмрэ къащыхьэ зэпытщи, шэрджэсхэр зауэм хуэхьэзырщ сыт щыгъуи, абыхэм нэхъ шууей а лъэныкъуэмкIэ щыбгъуэтынукъым. ШабзэкIэ мэзауэ ахэр, сэшхуэри ягъэIэрыхуэ… Шабзэмрэ сэшхуэмрэ нэмыщI, бийм щебгъэрыкIуэкIэ, абыхэм бжырэ мывопцIэрэ къагъэсэбэп. Мэз щIагъым щызэрихьэлIэмэ, зы адыгэм бий тIощI хигъэщIэнущ.
ЛУККА Джиовани,
итальян монах. 1634 гъэ
* * *
А лъэпкъ хахуэм къэралыгъуэ лъэщ иухуэфынут, зи акъыл зэтемыхуэ пщыхэм я IэмыщIэ имылъатэмэ. ЛIыфIыгъуэ зэримыгъахуэурэ, зэныкъуэкъу зэпытщ ахэр, ди насыпщи, абы и фIыгъэкIэ нэхъ шынагъуэншэ мэхъу а лъэпкъ хахуэр.
ПАЛЛАС Петр-Симон,
нэмыцэ академик. 1794 гъэ
* * *
Лъэпкъ дахэщ шэрджэсхэр, цIыху екIухэщ. Я цIыхухъухэр Iэчлъэчщ, къуэгъущ, къамылыфэщ, гуапэхэщ, я щхьэм пщIэ хуэзыщIыж защIэщ, уардэхэщ, плIабгъуэхэщ, бгы псыгъуэхэщ.
КЛАПРОТ Генрих-Юлиус,
нэмыцэ академик-ориенталист.
1808 гъэ
* * *
Адыгэм и фащэ дахэр Шэрджэсым и гъунапкъэхэм щхьэдэхри, жыжьэ нэсащ. Адыгэхэр сыткIи къахэщырт я гъунэгъу лъэпкъхэм - я фащэкIи, я хабзэхэмкIи, я псэукIэкIи. Адыгэ фащэр Кавказ Ищхъэрэми къыщызэтенакъым, Кавказ щIыбми нэсащ… Къэзакъхэми щапхъэ яхуэхъуащ шэрджэсхэм я фащэр, я Iэщэр, я шы тесыкIэр, абыхэм ядэплъей зэпытащ.
СТУДЕНЕЦКАЯ Еленэ.
* * *
Зауэм щыIухьэкIэ, шэрджэсым и Iэщэ-фащэ нэхъыфI дыдэмкIэ зызэщIеузадэ. И Iэщэрэ и фащэкIэ ар лъэпкъ куэдым къахощ, Азием дэнэ къэна, Европэми щыслъэгъуакъым шэрджэсым и Iэщэмрэ и фащэмрэ нэхъ дахэрэ нэхъ Iэрыхуэрэ.
ХЪАН-ДЖЭРИЙ СулътIан,
адыгэ этнограф.
1838 гъэ
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "357.txt"
} |
Сытым деж жыгыр щыдахэр?
Щапхъэ зытрах унагъуэ
Налшыкдэсхэми абы щеджэ-щылажьэхэми, щIэх-щIэхыурэ IуэхукIэ къалэм къакIуэхэми ящыщу хэт зымыцIыхур Кулиев Къайсын и цIэр зезыхьэ уэрамым тет «Тамерис» шхапIэ хъарзынэр?! Ахэр зей зэщхьэгъусэхэу Едыдж Нихьаирэ Шыкуэ Шукранрэ хуэдэ цIыху зэщIэкъуарэ дахагъэр зи плъапIэрэ уагъэлъыхъуэнщ.
АР НАIУЭУ къегъэлъагъуэ кафем и пщIантIэм: удз щхъуэкIэплъыкIэхэмрэ къэкIыгъэ дахэхэмкIэ зэрыгъэщIэрэщIам и закъуэкъым гъэщIэгъуэныр, а псор зыгуэрым пщIэкIэ ирамыгъэщIу езы тIум зэрыхасэрщ, зэрызэрахьэрщ. Дапщэрэ уахуемыблагъэми, е Нихьаи, е Шукран пщIантIэм дэтщ, удзхэм, жыгхэм псы щIакIэри. Япхъу Тамериси, я къуэ Едыджи езыхэм къадолажьэ, я адэ-анэм я щIэгъэкъуэн нэсщ.
Я ерыскъыр зэрыIэфIращ, шэч хэмылъу, а шхапIэм цIыхухэр езышалIэр. Абы и щэхур Нихьаии Шукрани фIы дыдэу ящIэ. Шхын нэхъ узэдыгъуэ мыхъун зэрыщымыIэр тIуми къагуроIуэри, япщэфIа псори я щхьэкIэ къапщытэ.
Зэгуэр хэхэсу щытащ Нихьаи и унагъуэр. Тырку Республикэм хыхьэ Анталие къалэм епха Елэмэ къуажэм 1945 гъэм къыщалъхуа щIалэ цIыкIум цIыху псори адыгэбзэкIэ псалъэу къыщыхъурт, я унагъуэм, я къуажэм арат щызекIуэри. ЕджапIэ щIэтIысхьэу и зэхэщIыкIым зиужьа иужь, абы къищIащ дунейм лъэпкъ куэд зэрытетри, адыгэхэр Тыркум зэрыщыхэхэсри. Ауэрэ къыдэкIуэтейри, нэгъуэщI къалэхэм щыпсэу адыгэхэми яхуэзащ. Псори зэзыгъэзахуэ щIалэ цIыкIум адыгэлI нэс къыхэкIыну иухат. ЗэхэщIыкI гуэр иIэ хъууэ балигъыпIэ зэриувэрэ Нихьаи лъэпкъ Iуэху зэрехуэ, ар зэи IэщIыб имыщIауэ. И ныбжьыр илъэс тIощI щрикъум Анталие Хасэ къыщызэIуихауэ щытащ абы, зыми жаIэм емыдаIуэу, и щхьэр хилъхьэнкIэ зэрыхъунуми имыгъэшынэу. «Къурмэну яукIхэм я фэхэр тщэурэ, илъэсищым и кIуэцIкIэ ахъшэ зэхуэтхьэсри, Хасэм IуэхущIапIэ къыхуэтщэхуат. Абы щыгъуэм цIыхуи 100 - 150-рэ хуэдиз къекIуалIэрт, иджы куэдкIэ нэхъыбэщ», - щыжиIауэ щытащ Нихьаи и интервьюхэм я зым. А Хасэм Нихьаи илъэс 27-кIэ щылэжьащ, тхьэмадэу, тхьэмадэм и къуэдзэу, бухгалтеру.
Сыт хуэдизу адыгэм и гъащIэм ухэмытми, хамэ щIыпIэм ущыхэхэсщ, уи быным сыт хуэдизу адыгэбзэр иумыгъащIэми, уэрамым щызэхах хамэбзэр и гущIыIу къохъу. Ар фIы дыдэу къыгурыIуэрт Нихьаи. КъыгурыIуэм и мызакъуэу, Хэкум кIуэжын зэрыхуейр, мыкIуэжмэ зэрыкIуэдынухэр и щхьэм илъ зэпытт. Зэгъэпщэныгъэ гъэщIэгъуэнщ Нихьаи къихьыр: «Ар зэзгъэщхьри? Жыгыр щыдахэр, пыкIэ щиIэр, зыщиужьыр, и лъабжьэр щIым хэтмэщ. Апхуэдэщ адыгэри, лъэпкъыр дахэ, екIу, лъэщ щыхъунур и хэку исыжмэщ, абы къудамэхэр къыщыдэжыжмэщ».
И гъунэгъухэм, лъэпкъэгъухэм яжриIэрт Хэкум кIуэжын гупсысэр зэригъафIэр. АрщхьэкIэ нэхъыбэм къагурыIуэртэкъым, Нихьаи и унагъуэм мылъку нэхъ иIэти, ар къигъанэу гъуэгу къытемыхьэну, псори къигъапцIэу къызыщыхъухэри щыIэт. «Сэ сигурэ си щхьэрэ зэтелъти, цIыхум жаIэм тесщIыхьIатэкъым», - игу къегъэкIыж Нихьаи.
1989 гъэм Едыджхэ я хъыджэбзыр еджакIуэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым къагъэкIуащ. Япэ дыдэ Тыркум къикIыу Налшык къэкIуа студентыр Тамерисщ. Пщащэм унэ къыхуащэхуауэ Налшык щеджэу, и анэр пенсэм кIуати, я щIалэ Едыджи ин мыхъу щIыкIэ Хэкум изэгъэжмэ нэхъ къищтэри, Нихьаи и унагъуэр къигъэIэпхъуащ. Езыр пенсэм кIуэху илъэситIкIэ Тыркум щылэжьэжри, 1995 гъэм и щхьэгъусэмрэ и бынхэмрэ гъусэ закъыхуищIыжауэ нэ фыгъуэ зытрамыгъаплъэ жыхуаIэ унагъуэ дахэ дыдэу мэпсэу.
Хэкур зэрынэхъыфIыр хэкурысхэми хамэ къэрал щыпсэухэми ящIэ, арщхьэкIэ зыкъаIэту къыщIэмыкIуэжыфым, хэкужьым къихьэжар тыншу лъэпкъым зэрыхэмызэгъэжым и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр зэпхар мылъкуращ. Тхьэм и фIыщIэкIэ, Едыджхэ зыхэпсэукIын мылъкуи яIэщ, я бынхэр зыхуей хуагъазэу унагъуэ щхьэхуэу ягъэтIысыжынуи Iэмал ягъуэтащ.
Тамериси Едыджи щIэныгъэ нэхъыщхьэ зрагъэгъуэтащ, я IэщIагъэм иримылажьэми. Хъыджэбзыр Цейхэ я нысэщ, пщащитIрэ зы щIалэрэ яIэщ - Дижан, Сэжан, Синэмис. Едыдж зы къуэрэ пхъуитIрэ иIэщ - Лъэпщ, Уэрэд, Данэпс.
Унагъуэ дахэм и лъабжьэр щIэбыдэр зэщхьэгъусэхэр зэгурыIуэ зэдэIуэжу, зым Iэпыхур адрей къищтэжу, зы лъэныкъуэкIэ плъэуэ, зы гупсысэм тIури тету илъэс куэд щIауэ къызэрызэдэгъуэгурыкIуэрщ. Езы Нихьаи и псалъэкIэ жытIэнщи, «унагъуэр зыгъэбжьыфIэри, пщIэ Iуэхум псэ хэзылъхьэри а зэгурыIуэныгъэрщ».
Ди гуапэщ хэхэс адыгэхэми, зи хэку къэзыгъэзэжахэми, хэкурысхэми куэдкIэ щапхъэ яхуэхъу унагъуэ дахэр дяпэкIи бжьыфIэну, я бынкIи абыхэм я быныжкIи гуныкъуэгъуэ ямыIэу, узыншэу, гукъыдэжымрэ дэрэжэгъуэмрэ ябэу псэуну, Хэкум гу щахуэну.
ИСТЭПАН Залинэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "358.txt"
} |
Дуней жэнэт
Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым щопсэу зэман зэмылIэужьыгъуэхэм къэкIуэжа адыгэхэр. Ахэр Тыркум, Сирием, Югославием, Израилым, Германием, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм къикIыжащ.
Нобэ дэ фэдгъэцIыхуну дыхуейщ ди республикэм и Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Кременчуг-Константиновскэ къуажэм щыпсэу СтIащ Сабри и унагъуэр. Сабрирэ абы и щхьэгъусэ Теувэж Дэлалрэ адэжь Хэкум къызэрагъэзэжрэ илъэсихым щIигъуащ. Зи гугъу тщIа къуажэм къэIэпхъуэжа адрей унагъуэ 15-ми хуэдэу, СтIащхи унэ лъапсэкIэ къызэгъэпэщащ.
- Хэку зимыIэм зыри иIэкъым. ЛэжьапIэ IэнатIэфI, мылъкушхуэ, ерыскъышхуэ убгъэдэлъми, уи Хэкум ущымыпсэумэ, ахэр зыри IэфIкъым. Дыщысабий лъандэрэ сегупсысырт «Хэкур зэ тлъагъужыну пIэрэ?» жысIэу. Ди адэжьхэр щалъхуа щIыпIэм и дамыгъэу щыIэ Iуащхьэмахуэм и сурэт къытIэрыхьэ хъумэ, ди бгъэм дэлъу къетхьэкIырт. Адыгэ уэрэд куэд зэдгъэщIауэ, зэныбжьэгъухэр дызэхуэзэмэ, жытIэрт. Сэ нобэ къызэхъулIам щIэхъуэпсу, апхуэдэр я плъапIэу адыгэ куэд щыIэщ. Зы адыгэ дунейм тету си фIэщ хъуркъым мыбы къагъэзэжыну хуэмейуэ, - жеIэ СтIащ Сабри. - Сирием щыпсэу адыгэхэми дэкъузэныгъэ гуэр ягъуэту схужыIэнукъым, абыхэм пщIэшхуэ къыхуащI адрей лъэпкъхэм. Псалъэм папщIэ, зы цIыхум IэнатIэ хэха екIуу, нэгъэсауэ кърихьэлIамэ, е Iэдэбагъ далъэгъуауэ щытмэ, «Мыр адыгэ?» жаIэу щIоупщIэ, апхуэдизкIэ адыгэм и дуней тетыкIэр щапхъэу щытщ абыхэм я дежкIи. Къэрал унафэщIхэми, Сирием и президент Асад Башари ди лъэпкъэгъухэм дзыхьышхуэ ирагъэз. Министру, абыхэм я къуэдзэу, дохутыр Iэзэу адыгэ куэд щыIэщ Сирием. КъищынэмыщIауэ, а къэралым IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм сытым дежи адыгэ генералу 8 хэтын хуейуэ унафэ щыIэщ. ПщIэ къызэрытхуащIым и щыхьэткъэ ар?!
Дэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэдгъэзэжу ди щIы кIапэ диIэнымкIэ хуабжьу щIэгъэкъуэнышхуэ къытхуэхъуащ а лъэхъэнэм республикэм и президенту щыта Къанокъуэ Арсен, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, хьэрычэтыщIэхэу Ажахъуэ Къанщобий, IутIыж Мэжид сымэ. Абыхэм я фIыгъэкIэ дэтхэнэ зы унагъуэми щхьэегъэзыпIэ диIэ хъуащ.
Иджыпсту Сабри жыг хадэшхуэ иIэщ пхъэщхьэмыщхьэ зэмылIэужьыгъуэ куэд къыщыкIыу. Апхуэдизу зи псэр Хэкум хуэзэша цIыхум хадэр таурыхъым къыщыгъэлъэгъуахэм хуэдэу зэрехьэ. «Илъэс хъурейм тшхынур къанэ щымыIэу мыбы къыдох, къыдэлеекI хъур бэзэрым тшэуэ щытщи къохъу. Уеблэмэ, бэзэр Iуэху симыIэми, тхьэмахуэ къэс абы сокIуэ, цIыхухэр зэрыпсалъэ адыгэбзэм седэIуэн папщIэ», - жеIэ СтIащым.
- Ди жагъуэ зэрыхъущи, зи адэжь Хэку къэзыгъэзэжа адыгэхэм я Iуэхухэр лъэпощхьэпоуншэкъым. Гукъеуэу диIэр зыщ: Урысейм и унафэм ипкъ иткIэ нэгъуэщI къэралым къиIэпхъукIар илъэситхум щIигъукIэ мыбы щыпсэуа нэужькIэ, къэралым и паспорт къратыпхъэщ. Ар къыпIэрыхьэным и щхьэусыгъуэхэм ящыщ зыщ урысыбзэр зэбгъэщIэныр. Дэ ди ныбжьым къыхэкIыу бзэр къытхуэщтэркъым, аращи, экзаменыр тхуэтыркъым. Къэралым и цIыхуу укъызэралъытэ дэфтэрыр димыIэмэ, къэрал дэIэпыкъуныгъэми дыщыгугъыфынукъым, - къеIуатэ Сабри. - ДэIэпыкъуныгъэ къыдатми фIыщ, къыдамытми, Тхьэм жыхуиIам дыхуэкIуэнщ. Абы щыгъуэми зыщыдгъэгъупщэркъым: мы дунейм жэнэт тетмэ - ар Кавказыращ. И уэшхыр, и уэсэпсыр, и гъатхэр, и щIымахуэр, и жыгхэр, и цIыхухэр - псори фIыгъуэщ. ЦIыхум и адэжь Хэкур имыбгынауэ и лъапIагъэр къыгурыIуэнукъым.
Тхыгъэри сурэтри ЖЫЛАСЭ Замир ейщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "359.txt"
} |
ФIыщIэ яхуищIу
УФ-м и Лъэпкъ гвардием КъБР-м щиIэ къудамэм и хэщIапIэм щэкIуэгъуэм и 23-м щагъэлъэпIащ Анэм и махуэр. Мы IуэхущIапIэм къэувагъащIэ лэжьакIуитхум я анэхэр ирагъэблагъэри, удз гъэгъахэр тыгъэ яхуищIащ икIи псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ щIыналъэ управленэм и унафэщI, полковник Васильев Сергей.
- Фи щIалэхэмрэ пщащэхэмрэ я ныбжькIэ жыжьэ нэмысами, дэтхэнэ зыми цIыху хахуэу, хабзэрэ гъэсэныгъэрэ хэлъу, я къулыкъум хуэIэижьу, щIэныгъэ яIэу зыкъагъэлъэгъуащи, абы дрогуфIэ. А псори зи фIыщIэр ахэр зыпIа, зыгъэса анэхэращи, сыхуейт фи махуэ лъапIэмкIэ сынывэхъуэхъуну, - жиIащ Васильевым.
УФ-м и Лъэпкъ гвардием КъБР-м щиIэ къудамэм Анэм и махуэм ирихьэлIэу иригъэкIуэкIат курыт еджапIэхэм щIэс еджакIуэхэм я зэпеуэ. Абыхэм ящIа сурэтхэр а махуэм ягъэлъэгъуащ.
Фырэ Анфисэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "36.txt"
} |
Адэжь щIыналъэм и мывэри дыщэщ
ЗэIущIэ гуапэхэр
«Гу къабзэхэр» щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэм и зэхэшакIуэ Къарэ Ратмир ди гъуазэу, Прохладнэ щIыналъэм хыхьэ Благовещенкэ къуажэм бадзэуэгъуэм и 24-м дыщыIащ. А жылэмрэ абы къедза Грабовец къутырымрэ дэсщ Сирием къикIыжа адыгэ унагъуэу 20-м щIигъу.
Дызэрыщыгъуазэщи, илъэс зыбжанэ ипэкIэ Сирием ди лъэпкъэгъу куэд къиIэпхъукIыжауэ щытащ. Абыхэм ящыщу цIыху 500-м щIигъум Къэбэрдей-Балъкъэрым къагъэзэжащ.
Ди лъахэгъухэм я щыIэкIэ-псэукIэр зэдгъэлъагъун мурад диIэу гъуэгу дытехьати, дыщынэсым, Къардэн Баширэ, жьыщхьэ махуэ хъуа бзылъхугъэ нэхъыжьыфIым, и бынхэр щызэхуишэсыж и хабзэ пщIантIэм дыIухьащ. Ратмир телефоныр щигъаджэм, Баширэ ипхъу Хьидаетрэ и нысэ Розэрэ къыдэкIащ. Абыхэм дыщIашащ унагъуэр зей нэхъыжьыфIыр зыщIэс пэшым.
- Сэ щIалиплIрэ хъыджэбзищрэ сиIэщ. КъуитIымрэ пхъуитIымрэ Хэкужьым къагъэзэжащ. Адрейхэм ящыщу зы щIалэр Сауд Хьэрыпым щопсэу, зы къуэмрэ зы пхъумрэ Сирием къинащ. Псоми IэщIагъэ дэгъуэхэр яIэщ, - щыгъуазэ дещI Къардэн Баширэ. - КъуитIым къэкIуэжын Iуэху куэд щIауэ зэрахуэрт, къызаIуэкIырт сыкъыздашэжыну зэрыхуейри. АрщхьэкIэ, сэ сытегушхуэртэкъым, Сирием къыщынэ си къуэмрэ сипхъумрэ сигу зэрахуэныкъуэм къыхэкIыу. Ар къыщащIэм, Хэкужьым къэзыгъэзэжыну тезыухуахэми икIуэтыж хуэдэу защIащ, «удимыгъусэнумэ, гъуэгу дытехьэнукъым» жаIэу. Ауэ, ахэр Сирием къинэмэ, дзэм ираджэнкIэ зэрыхъунур сщIэрти, сыкъэгузэващ. Арати, дыкъызэдежьащ.
Баширэ зэрыжиIэмкIэ, къэIэпхъуэжахэм ящыщу зыри хущIегъуэжакъым. Къыздихьэжар я хэгъэгущи, гукIи псэкIэ мэгуфIэхэр.
- Баширэ, Сирием ихьэжыну хуейхэм гъуэгур къыхузэIуахыжу жаIэри, фи унагъуэм «згъэзэжарэт» жызыIэ къыфхэт?
- Сыт къыхуамыгъэлъэгъуами, си бынхэр мыбы икIыжынукъым. Сыту жыпIэмэ, ахэр зауэ къэмыхъей ипэкIи къэкIуэжыну хуеящ, къэIэпхъуэжыным ехьэлIа гупсысэр апхуэдизу я лъым хэтти. Си шыпхъум и къуэр мыбыкIэ нэхъ пасэу щыIат, зауэм щIидзэным илъэсиплI хуэдиз иIэу. Абы телефонкIэ дыщеупщIым, «лэжьапIи щывгъуэтынущ, дунейри щымамырщ» къыджиIэрт. Дэри Сирием къина ди Iыхьлыхэм зыкъыщытхуагъазэкIэ, жэуапу еттыр апхуэдэщ.
Бзылъхугъэ нэхъыжьым къызэрыхигъэщамкIэ, къызэрагъэзэжрэ анэдэлъхубзэри нэхъыбэрэ къагъэсэбэп хъуащ, урысыбзэри хуэм-хуэмурэ къащтэ, псом хуэмыдэу щIэблэщIэм.
- ДыщыцIыкIум унагъуэм хьэрыпыбзэкIэ дыщагъэпсалъэртэкъым ди адэ-анэм, «хамэбзэкIэ фызэдэмыуэршэр, фыфейр фщыгъупщэнущ» къыджаIэрти, - къыхегъэщ Баширэ.
ГъэщIэгъуэн тщыхъуу дызыгъэгуфIахэм ящыщщ, Баширэ и ныбжьым теухуауэ Урысей Федерацэм къыщыхуагъэфэща и пенсэр куэд дэмыкIыу къратын зэрыщIадзэнури.
- ЦIыхум и Iуэху псори зэуэ зэтеувэркъым, - къыпещэ и псалъэм бзылъхугъэ лъагъугъуафIэм. - Хэкужьым къэкIуэжа ди бынхэм хыхьэхэкI куэду яIэ хъуащ. Ди щIалэхэр фIыуэ къалъагъу. Къэбэрдейм щыIэ адыгэхэм ялъэкI къагъэнакъым, ноби къыддоIэпыкъу. Ди гъунэгъухэр, урысхэри, нэгъуэщI лъэпкъхэм къахэкIахэри, дэгъуэу къытхущытщ.
Баширэ ипхъу Уэтей Хьидает
Унагъуэ щхьэхуэу мэпсэу, и щхьэгъусэмрэ и къуитIымрэ, Хьэземрэ Хьэбибрэ, бгъэдэсщ. Мы махуэхэм и анэм деж щыIэщ.
- ДыкъыщыIэпхъуэжам, япэщIыкIэ санаторэм дыщIэсащ. Абы дыщыIэу щIалэ гуэр нытхуэкIуат, Сирием нэхъ пасэу къикIыжахэм ящыщу. «Дэрбзэр хъун къыфхэт?» жиIэу щыщIэупщIэм, сэрэ нэгъуэщI бзылъхугъэрэ арэзы дыхъуати, занщIэу лэжьапIэ къытхуагъуэтащ. IуэхущIапIэм щыIэхэм, «фэ фыхамэкъым» къыджаIэурэ, дигухэр фIы къытхуащIырт. Ар IэфIу сигу къинащ. Гугъуехь гуэрхэм дыщыIууэми, дыкъыздихьэжар ди хэкущ. Сирием зауэр къыщыхъеиным куэд иIэу, илъэс 15 ипэкIи къэкIуэжыныгу дыхъуауэ щытащ. Адэ-анэм къыдаухылIат, «дэ дымыкIуэжыфми, фэ вгъэзэжынущи, анэдэлъхубзэр зэвгъащIэ, фрипсалъэ» жаIэурэ. Адэжь щIыналъэм дыкъыщихьэжам, ди псэхэр тыншыжащ.
Хьидает зэрыжиIэмкIэ, мы илъэсым я хадэм зыри щыхасакъым. Езыр, и къуитIыр и гъусэу, и дэлъхум, и анэм деж щыIэщ, и щхьэгъусэр, документ Iуэхухэр зэрихуэу, Сирием зэрыкIуам къыхэкIыу.
- Куэд щIоупщIэ: «ФыкъыздикIыжам фыкIуэжынкIэ хъуну, щэху хъуа хуэдэщи?» «Хьэуэ, - ядот жэуапыр. - ХьэщIэу дахыхьэжынкIэ хъунщ, къэдгъэна ди шыпхъу, ди дэлъхухэр тлъагъун, тIэкIуи дыщыIэу къэдгъэзэжын хуэдэу». Ди адэм къызэрытхуиIуэтэжу щытамкIэ, ди адэшхуэр ящыщт иужьрейуэ Хэкур зыбгынахэм. И ныбжьыр илъэси 7 фIэкIа мыхъуу ирашами, и цIыкIугъуэр щриха и лъахэр и псэм хэлъа къыщIэкIынт. И гур къыщызэфIэзэрыхьхэм деж, ар, етIысэхырти, сабий цIыкIум хуэдэу гъырт, «Хэкур сигу къэкIащ» жиIэурэ. Адэшхуэр дунейм ехыжыхукIэ апхуэдащ, и ныбжьыр илъэс 85-м нэблэгъэху псэуати. Аращи, Хэкур зыбгына ди нэхъыжьхэм гузэвэгъуэу я псэм телъар зыхыдагъэщIауэ хамэщIым аргуэру дауэ дгъэзэжын?! - жеIэ Хьидаети, гумащIэ къэхъуауэ погуфIыкI.
- Фи унагъуэшхуэм къыфхэт Урысейм и цIыхуу къалъыта?
- АтIэ. Мес ди анэм куэд дэмыкIыу къратынущ мы къэралым и цIыхуу зэрыщытым щыхьэт техъуэ тхылъыр, паспорткIэ зэджэр.
- Уи щхьэгъусэр, Амир, япэм дыкъыщыкIуам тлъэгъуащ. ЩIалэ хъарзынэщ. Сирием ар щIыщыIэм укъытхутепсэлъыхьыфыну?
- Хэкум къызэрыдгъэзэжрэ илъэси 5-м щIигъуащи, Сирие къэралым щыщ цIыхуу дыкъызэралъытэ паспортхэм я пIалъэр икIащ. Абы пригъэщэн мурадкIэ кIуэжауэ аращ. Тхьэм жиIэрэ къигъэзэжмэ, мыдэкIэ ди унагъуэ Iуэхухэр нэхъ зэфIэгъэкIыгъуафIэ хъужыну къыдолъытэ. Езыр IэпщIэлъапщIэщ, ухуэныгъэм ирахьэлIэ мрамор, гипс хуэдэхэм хуэIэзэщ. Илъэс зыбжанэ хъуауэ хадэ зыдохьэ, Iэщ гъэхъуным, мэл зехуэным хуэм-хуэмурэ зыдот.
Хьидает езым и гуапэу игу къигъэкIыжахэм ящыщщ адэкIэ дызыщIигъэдэIуахэри.
- Сирием дыщыщыпсэум, иджыри «хъыджэбз дэсщ» жыхуаIэм сыхуэдэу, къэфэкIэ зэзгъэщIэным хуабжьу сыщIэхъуэпсу щытащ. Ди къуажэмрэ Дамаск къалэмрэ сыхьэт гъуэгу я зэхуакут. Щыхьэрым адыгэхэм зэгухьэныгъэ щыдиIэт, «Къуэш Хасэ» хужытIэу. Абдежым къафэм зэрыщыхуагъасэм сыщыгъуазэт. Нобэ хуэдэу сощIэж гъэсакIуэм, «жыжьэ укъикIын хуей хъунущ» жиIэу, куэдрэ сызригъэлъэIуауэ зэрыщытари, ар къытезгъэхьэу ди анэми хуит сыкъыщищIым, «Къуэш Хасэм» кIуэн зэрыщIэздзари, къэфэкIэ зэрыщызэзгъэщIари…
Жэмыхъуэ Тамир
Илъэс 48-рэ и ныбжьщ, щхьэгъусэ, пхъуитI иIэщ.
- СыкъызэрыIэпхъуэжрэ илъэситIрэ ныкъуэрэ хъуами аращ. СыкъэкIуэжын ипэ мыбы тIэунейрэ сыщыIащ. Зэзгъэлъэгъуащ си благъэхэр зэрыщыпсэур. Адэжь лъахэм ижь къысщIихуащ, мы къуажэри сигу ирихьащ, щIым тет уни къэсщэхуащ, хадэ зыдохьэ, теплицэ диIэщ, нащэ, шыбжий хуэдэхэр къыщыдогъэкIри, бэзэрым дошэ. СыщыцIыкIуам анэдэлъхубзэкIэ сыпсэлъакъым, унагъуэм исхэр зэпымыууэ иризэдэуэршэра пэтми. Си адэм «убзэмыIущ!» къызжиIэрт. Ауэ, нэхъ сыкъыдэкIуэтейри, бзэри зэзгъэщIэжащ. Си къуэш нэхъыжьри, къэкIуэжауэ, унагъуэу Налшык дэсщ, хъыджэбзрэ щIалэрэ яIэщ, унэкIи зэгъэпэщащ.
Тамир, езым къызэриIуэтэжымкIэ, Сирием къыщыхъуами, Сауд Хьэрыпым илъэси 10-кIэ щыпсэуащ, уэчыл лэжьыгъэм хуеджащ, Сауд Хьэрыпым и Мадинэ къалэм и администрацэм деж зауэ хуэIухуэщIэу къалъытэ кIапсэ зэмылIэужьыгъуэхэр ухуэныгъэхэм пхышынымкIэ IэщIагъэлI нэхъыщхьэм и къуэдзэу щытащ.
- Хамэ щIыналъэм сыщыунафэщIт, си псэуалъэр инт, машинэ лъапIэ сист. Мыбы сыщылэжьакIуэщ, къэсщэхужа машинэри пудщ. Ауэ, абы щхьэкIи си гур згъэкIуэдыркъым, «Хэкужь и мывэри дыщэщ» псэлъафэм сытетщи. А лъэныкъуэмкIэ тIэкIу езгъэзэкIыжынщи, гъэщIэгъуэныракъэ, мыбы къыщыхъуахэм Сирием уэс щыдмылъэгъуауэ я гугъэщ. Адыгэр щетIысэхауэ щытар Джолан лъагапIэхэрати, а щIыпIэр адэжь Хэкум зэрещхьым, мэзхэри зэритым дыщыгуфIыкIырт. Къыхэзгъэщынщи, мы лъэныкъуэмкIэ щыIэ хуабэм хуэдэ Сирием игъащIэм щытлъэгъуакъым. Джоланым дыщисам дэ, Жэмыхъуэхэ, а щIыпIэм мэл 500-м нэблагъэ щызетхуэу щытащ. Сирием щыIэ адыгэхэр лэжьакIуэщ, дыгъуакIуэкъым, пцIыупскъым. Апхуэдэу дызэрыщытыр псоми къыддащIэ. Ауэ, къытезгъэзэжынщи, ди гур щыпсэхур мыбдежыращ.
- Тамир, урысыбзэм дауэ фыпэлъэщрэ?
- Гугъущ, адыгэбзэм нэхъ десащи. Анэдэлъхубзэр дэнэкIи щызэхыдох. АрщхьэкIэ, урысхэми, азербайджанхэми, нэгъуэщIхэми Iуэху ядыдощIэ. Абы къыхэкIыуи, урысыбзэр зэгъэщIэным яужь дитщ.
ЗэрыгурыIуэгъуэщи, хамэ щIыналъэ илъэс куэдкIэ щыпсэууэ къэзыгъэзэжа ди хэкуэгъухэр Урысейм щызекIуэ хабзэхэм есэныр, цIыхухэм зыдрагъэкIуныр Iуэху тыншкъым. Ауэ щыхъукIи, мылъкукIэ зэрызащIэдгъакъуэм и мызакъуэу, абыхэм нэхъ гу щабэ-псэ къабзэу дазэрыхущытынми дыхущIэкъупхъэщ. Уеблэмэ, етIуанэр нэхъыщхьэу къыщIэкIынущ.
Тхыгъэри сурэтри КЪУМАХУЭ Аслъэн ейщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "360.txt"
} |
Къэралым и гуп къыхэхам щыджэгуну щIэхъуэпс адыгэ щIалэ
Тулэ и «Арсенал»-м хэту Урысей Федерацэм футболымкIэ и премьер-лигэм щыджэгу гъуащхьэхъумэныкъуэ Мырзэ Резуан иджыпсту къэралым щынэхъыфI дыдэхэм ящыщ зыуэ къалъытэ. Нэгъабэ екIуэкIа зэхьэзэхуэм и финалым топ щыдэзыгъэкIыу Ленинград областым и «Тосно» командэм Урысейм и Кубокыр къыхуэзыхьар аращ. Красноярск и «Енисей»-м и гъуэр иджыблагъэ абы апхуэдизу дахэу хигъэщIати, премьер-лигэм и етIощIанэ джэгугъуэм щынэхъ телъыджэу ар къалъытащ.
Дауи, а псоми адыгэ щIалэм гулъытэ хэха топджэгум дихьэххэмрэ IэщIагъэлIхэмрэ къахурегъэщI. Абы и щыхьэтщ Sportbox.ru интернет-сайт цIэрыIуэм Мырзэ Резуан псалъэмакъ зыубгъуа иджыблагъэ зэрыдригъэкIуэкIар. Нобэ фи пащхьэ идолъхьэ нэхъ хьэлэмэту къытщыхъуа упщIэхэмрэ жэуапхэмрэ.
- Зэи къэмыхъуауэ, мыгувэу ехъулIэныгъэ гъуэзэджэ уиIэфынущ – илъэситIкIэ зэкIэлъхьэужьу Урысейм и Кубокыр къэпхьыфынущ, ауэ командэ зэмылIэужьыгъуэхэм уахэту.
- Ар Iейтэкъым. Абы папщIэ лъэбакъуитI тчыжын хуейуэ аращ. Зи гугъу пщIы ехъулIэныгъэм теухуа гупсысэхэм сыщатхьэкъунур финалым дынэсмэщ. ЗэкIэ сызыхущIэкъур зэIущIэ къэс дыщытекIуэныращ.
- Финал ныкъуэм къыщыфпэщIэува Екатеринбург и «Урал»-мрэ фэрэ фынэхъ лъэрымыхьу куэдым къалъытэ, адрей лъэныкъуэмкIэ щызэныкъуэкъу Мэзкуу и «Локомотив»-мрэ «Ростов»-мрэ нэхърэ икIи а тIум язырауэ хуагъэфащэ Кубокыр зыIэрыхьэнур.
- А Iуэху еплъыкIэмкIэ хуабжьу сыарэзыкъым. Къапщтэмэ, финал ныкъуэм нэсын папщIэ «Урал»-р Мэзкуу и «Спартак»-м ефIэкIащ, дэри премьер-лигэм и командэ зыбжанэ едгъэкIуэтэкIащ. Нэрылъагъущ гъуэгуанэ гугъу къызэрызэднэкIар.
- Урысей Федерацэм футболымкIэ и премьер-лигэм иджыпсту щекIуэкI зэхьэзэхуэм тхуэнейрэ укъыщыхэжаныкIащ. Красноярск и «Енисей»-м худэбгъэкIар иджыри къэс къохъулIахэм ящыщу уи топ нэхъ дахэ дыдэу къэплъытэрэ?
- СщIэжхэм ящыщу арагъэнщ. Пэж дыдэу, «Енисей»-м худэзгъэкIа топыр дахэ хъуащ.
- Абы иужькIэ, уи футболкэр пIэтри, къыщIэбгъэщащ Новэ Зеландием къыщыхъуа щIэпхъаджагъэм хэкIуэдахэм уазэрыхуэщыгъуэр зытетха майкэр. Ар пасэу бгъэхьэзыра Iуэхугъуэт?
- Новэ Зеландием и мэжджытхэм ящыщ зым екIуэлIахэр гущIэгъуншэу зэрызэтраукIар хуабжьу зыхэсщIащ. ЩIэпхъаджагъэ щалэжьым и деж си гур хощI. Мурад сщIащ топ дэзгъэкIмэ, лей зытехьахэм сакъызэрыщхьэщыжыр зыгуэркIэ къэзгъэлъэгъуэну. Арати, зи гугъу пщIа Iэмалыр къэзгупсысащ.
- Нэхъапэми уэ бгъэлъэгъуауэ щытащ анэхэм уазэрыхуэгумащIэр, узэрыадыгэр къызытещ майкэхэр. Дэнэ къыщежьар а хабзэр?
- Анэхэм ятеухуа тхыгъэр зытет майкэхэр псоми ящыгъащ. Сызэрыадыгэр къызытещыр куэд щIауэ зэIущIэ къэс щызотIагъэ. Уеблэмэ «Спартак-Налшыкым» и щIалэгъуалэ гупым сыщыхэтми зесхьащ. ФщIэжми сщIэркъым, налшыкдэсхэр премьер-лигэм щыхэта илъэсхэм ди футболкэхэм адыгэ ныпыр тетащ икIи абы дригушхуэрт. Ди лъэпкъым щыгъупщакъым икIи фIыуэ елъагъу и тхыдэмрэ дамыгъэхэмрэ. Къапщтэмэ, зы Iуэхугъуэшхуи ди лъахэм щекIуэкIыркъым шабзищыр щызэблэдза адыгэ нып удзыфэр къащхьэщымыту. Автомашинэ куэдхэри абыкIэ ягъэщIэращIэ. Аращи, иригушхуэу ди лъэпкъ ныпыр зыгъэлъагъуэр си закъуэкъым. Сропагэ адыгэм сыкъызэрыхэкIам папщIэ.
- Сыт-тIэ адыгэ ныпымрэ «Cherkes» псалъэ зытетха футболкэмрэ утыку къыщIумыхьар Урысей Федерацэм и Кубокыр къахьыным теухуа зэпеуэм и нэгъабэрей финалым топ щыдэбгъэкIыхукIэ?
- Апхуэдэ зэхьэзэхуэ инхэм я финалхэм топ щыдэзгъэкIыну махуэ къэс Iэмал зэрыщызимыIаращ.
- Уэ «Ростов»-м илъэсищкIэ ухэтыну нэгъабэ Iэ тебдзащ. АрщхьэкIэ абы лъандэрэ бэджэнду Тулэ ущыIэщ. Къыптехьэлъэркъэ?
- «Ростов»-м сыщыхыхьэм си гугъакъым нэгъуэщI командэхэм щхьэкIэ сыджэгуну. Къалэр хуабжьу сигу ирихьат, стадионми цIыхур изу къекIуалIэ зэпыттт. АрщхьэкIэ псори дэракъым зэлъытар. Зэман кIыхькIэ ростовдэсхэм сахэтыну Iэ щIытездзар сыт щыгъуи сагъэджэгуну сыщыгугъырти аращ. ДжэгупIэ губгъуэм укърамыгъэхьэмэ, мыхьэнэ иIэкъым илъэс дапщэкIэ зэгурыIуэныгъэ зэпщIылIами. Сыкъыщыхута Тулэ и «Арсенал»-м гуп хъарзынэ сыщыхэхуащ, си зэфIэкIхэр къыщызгъэлъэгъуэнуи Iэмал гъуэзэджэ щызгъуэтащ. Аращи, зым щхьэкIи сыхущIегъуэжакъым. Къэралым и чемпионатымрэ Кубокымрэ ехьэлIа зэхьэзэхуэхэм иджыпсту я гуащIэгъуэщ. АдэкIэ си Iуэху зэрыхъунум, мазэ зытIу дэкIмэ, дегупсысынщ.
- Бэджэндым ущыIэну гугъукъэ?
- Уи Iуэхур фIыуэ дэкIмэ, сыт щыгъуи уагъэджэгумэ - гугъукъым.
- «Арсенал»-м ущыхыхьам ар ипэкIэ пча лъэбакъуэу жыпIащ. КъыкIэлъыкIуэнур щыпчынур дапщэщ?
- Иджыпсту нэхъыщхьэр хъарзынэу зэхьэзэхуэхэр къетхьэлIэнырщ. Абыхэм яужькIэ гъуджэм сыбгъэдэтIысхьэнщ, сызэчэнджэщыжынщи, тезухуэнщ адэкIэ счыну лъэбакъуэр сыт хуэдэми.
- Тулэ и «Арсенал»-м ныбжьэгъу куэд ущиIэ?
- ЖысIэфынущ си ныбжьэгъу нэхъыфI дыдэхэм ящыщ зыр абы зэрыщыджэгур. Ар илъэсипщIым щIигъуауэ сцIыху Бырхьэм Къантемырщ. Абы и фIыгъэщ Тулэ сыкъызэрыкIуари. Къантемыр дызыхэт гупыр зыгъэгуп цIыху телъыджэщ. Езыр нэхъапэм къыхыхьати, сэри сыкъытригъэхьащ. Си ныбжьэгъуфIхэщ абхъаз щIалэ Хьэгъуш Анрирэ куржы футболист Григалавэ Гиерэ. Зэрыщыту къапщтэмэ, «Арсенал»-р дыгуп зэкъуэтщ.
- КъызэрызгурыIуамкIэ, Кавказым икIахэр фызэрыIыгъщ.
- Абы теухуауэ, къыддэгушыIуэурэ «кавказ бандэкIэ» е «кавказ мафиекIэ» къыщыдэджэ щыIэщ. ИпэжыпIэкIэ жыпIэмэ, Тулэ и «Арсенал»-м щIалэ хъарзынэхэр щызэхуашэсащ икIи гуп щхьэхуэхэр щыIэкъым. Уеблэмэ, хамэ къэралхэм щыщхэми загъэхамэркъым. Псори узэкъуэтмэщ, текIуэныгъэхэр къыщыпхуэхьынур.
- Интервью къыщыпIаххэм и деж щIэх-щIэхыурэ къыхыбогъэщ Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам урагъэблэгъэну узэрыщIэхъуэпсыр. Уэ ущыджэгу щIыпIэм зыкъыщызыгъэлъагъуэ Испанием и «Валенсия»-м и гъуащхьэхъумэныкъуэ Черышев Денис ебгъэкIуэтэкIыфыну уи зэфIэкIым укъигъэгугъэрэ?
- Европэм и чемпионатым и кIэух зэпеуэм кIуэнухэр къыщыхах зэIущIэу иджыблагъэ Къэзахъстаным и командэ къыхэхам драгъэкIуэкIа джэгугъуэм пэж дыдэу Черышевыр щылъэщащ. Апхуэдэр лъэныкъуэ ебгъэзу и пIэм уиувэну тыншкъым, ауэ… Черышевым уеныкъуэкъуфын папщIэ, абыи хуэдэу, гуп къыхэхам ураджэн хуейщ. Апхуэдэу къэхъумэ, уи упщIэми жэуап естынщ. Пэж дыдэу, сэ хуабжьу сыщIохъуэпс ди къэралым и командэ къыхэхам срагъэблэгъэну.
- Языныкъуэ футболистхэм псэущхьэ зэмылIэужьыгъуэхэр фIыуэ ялъагъу икIи я унэм щаIыгъ. Уэ сыт удэзыхьэхыр?
- Сэ си унагъуэмкIэ срокъу. Топджэгум къыдэхуэ зэманыр си пхъум тызогъэкIуадэ икIи абы дэрэжэгъуэ ин къызет. Хьэи джэдуи селIэлIэну Iэмал сиIэкъым. Унагъуэр иджыблагъэ Тулэ къэсшащ. Хъыджэбз цIыкIур мазитху хъууэ аращи, сфIэщIэщыгъуэщ, уеблэмэ жэщым сэ си закъуэу згъэгъуэлъыжыну сыхущIокъу. Сыщыпэмылъэщым и деж, щхьэгъусэр дэIэпыкъуэгъу сощI. Пэжыр жыпIэмэ, сабийр жеину бгъэгъуэлъыжыну куэдкIэ нэхъ гугъущ, топ уджэгун нэхърэ. Абы щыгъуэми, тренировкэ нэужьым сешауэ сыкъыщIыхьэжамэ, а цIыкIум и нэгум сызэриплъэу псори сщогъупщэж.
- Футболым къищынэмыщIауэ, сыт удэзыхьэхыр?
- Муслъымэн динымрэ си унагъуэмрэ псом япэ изогъэщ. Ислъамым сыщыхуэкIуам къызгурыIуащ ар футболым нэхърэ куэдкIэ зэрынэхъ лъагэр. Абы ехьэлIа тхылъхэм сыкъоджэ, си щIэныгъэм хызогъахъуэ. Махуэ къэс нэмэз уахътихур сощI. НэщIри блэзгъэкIыркъым икIи топ сыджэгунымкIэ ар зэи зэран къысхуэхъуркъым. Диным къысхуигъэув псори зэрызгъэзэщIэным яужь ситщ, зыри блэзмыгъэкIыу.
- Зэгуэрым мэл фIэбгъэжа?
- Хьэуэ. Уеблэмэ фIагъэжуи слъэгъуакъым, слъагъунуи сыщIэхъуэпсыркъым.
- Куржым и командэ къыхэхар иджыблагъэ Шотландием щыдэджэгум, хьэщIэхэм я футболистхэм ящыщ зы, и хьэрхуэрэгъум жьэхэуэри, къэмахащ. Абы Ананидзе Жано бгъэдэлъадэри, къурмакъейм ирилъафэ бзэгур кърихыжащ икIи а щIалэр ажалым къригъэлащ. ДжэгупIэ губгъуэм уэри апхуэдэ ущрихьэлIа?
- СыщрихьэлIащ. Жано лIыгъэ хэлъу къыщIэкIащ, апхуэдэ зыхузэфIэкIынур куэд хъуркъым. КIыхьу сытепсэлъыхьыну сыхуейкъым, ауэ сэри апхуэдэ Iуэху сыхэхуауэ щытащ. Ауэ ар къыщыхъуар тренировкэращ.
- Ажал плъэгъуа?
- Грознэ сыкъикIыжу Владикавказ сыкIуэу зэгуэрым срихьэлIащ автомашинэ псынщIэр хьэлъэзешэм зэрыжьэхэуар. Рулыр зыIыгъам мафIэр къыщIэнэри, дыпэмылъэщу, зэуэзэпсэу исащ. Ар апхуэдизкIэ си гум хыхьати, къысхуэна гъуэгуанэр хуэм дыдэу фIэкIа скIужыфакъым. Хуабжьу гугъут абы иужькIэ рулыр пIыгъыну.
- Фадэ узэремыфэр гурыIуэгъуэщ. Абы и фIагъым уеплъыну зыми къыпхуигъэлъэгъуакъэ?
- Сабиигъуэм, школым дыщыщIэсым зыгуэрхэр щыIащ. Ауэ абы щыгъуэми быдэу сигу ислъхьат фадэ семыфэну. Диным сыхуэкIуа иужькIэ, апхуэдэ Iуэхугъуэхэр езыр-езыру пыхуащ. Балигъ сыхъуа иужькIэ, фадэ сефэну зыми къысхуигъэлъэгъуакъым.
- Нэгъабэ узыхэта Ленинград областым и «Тосно»-р Урысейм и Кубокыр къихьа иужькIэ зэхуащIыжащ. Абы къытена ахъшэ щIыхуэр къыватыжа?
- Хьэуэ. Сэ зыщIыпIи сыщытхьэусыхакъым, ауэ сощIэ щIалэхэр суд пащхьэм зэрихьар. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, зыри зэкIэ къикIакъым.
ГурыIуэгъуэщ къэдлэжьа ахъшэр зэрытфIашхар. Ар мащIэтэкъым икIи куэдрэ дызыхуей дгъуэту дыкъигъэпсэуфынут.
Урысей Федерацэм футболымкIэ и Кубокыр къэхьыным теухуауэ 2018 - 2019 гъэхэм екIуэкI зэхьэзэхуэм и финал ныкъуэм и япэ зэIущIэм ипкъ иткIэ Мырзэ Резуан зыхэт «Арсенал»-р бэрэжьей кIуам, мэлыжьыхьым и 3-м, Екатеринбург къалэм щыдэджэгуащ щIыпIэ «Урал»-м. Ар 1:0-у хэгъэрейхэр текIуауэ иухащ. ЕтIуанэ зэIущIэр мазэрэ ныкъуэрэ дэкIмэ Тулэ щекIуэкIынущ икIи абы наIуэ ищIынущ финалым щыджэгу- нур хэтми. Дыхуейт стадионым кърихьэлIа цIыху минипщIхэмрэ телевизореплъ мелуанхэмрэ я нэгум щIэкIыу Мырзэ Резуан мы гъэми къэралым и кубокыр зыIэригъэхьэу адыгэ ныпыр игъэхуарзэу джэгупIэ губгъуэр къызэхижыхьыну.
Зыгъэхьэзырар Жыласэ Заурбэчщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "361.txt"
} |
Европэм щыещанэщ
Бокс
Зи ныбжьыр илъэс 19-22-хэм итхэм папщIэ боксымкIэ Европэм и чемпионат иджыблагъэ Владикавказ щекIуэкIащ. Ди лъахэгъу ЕлекIэ ДжэбрэIил абы жэз медалыр къыщихьащ.
Осетие Ищхъэрэ - Аланием и къалащхьэм щызэхэта европэпсо зэхьэзэхуэм хэтащ къэрал 39-м къикIа спортсмен 300-м нэблагъэ. Килограмм 51-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм лъэщу зыкъыщигъэлъэгъуащ ЕлекIэ ДжэбрэIил. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, финал ныкъуэм ар 2:3-уэ къыщыхигъэщIащ Украинэм къикIа Погребняк Александр икIи ещанэ увыпIэм къыщыувыIащ.
Хьэтау Ислъам.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "362.txt"
} |
Шаляпиныр Залымхъан зэрыхуэзар
Ди газетым нэхъ пасэу тетыгъащ шэшэн абрэдж Кушмэзокъуэ Залымхъан теухуа хъыбар убгъуа. Кавказ цIыхубэм игъэфIа щIалэ хахуэм и цIэр нобэ дигу къэдгъэкIыжыну щхьэусыгъуэ къыдет Урысейм щыцIэрыIуэ оперэ уэрэджыIакIуэ Шаляпин Фёдор къызэралъхурэ илъэси 145-рэ зэрырикъум.
Хъыбарыр «зэрамыIуэтэжа щIыкIэ къэнэжакъым» жыхуаIэм хуэдэщ. Ауэ ар икIи абы гулъытэ зэрыхуэфащэм и нэщэнэщ. Сыту жыпIэмэ, жыжьэрэ гъунэгъуу зэбгъэдэмыхьэ дунеитIым - оперэмрэ лей зезыхьэхэм ебэнынымрэ - къыхэкIа Шаляпинымрэ За-
лымхъанрэ зым адрейм и хьэтыр зэрилъэгъуар тхыдэм къыхэнащ. Псэ зыIутым псалъэмрэ макъымрэ я къарур зыхимыщIапIэ зэримыIэр, гущIэгъуэншэрэ цIыхуукIыу ягъэIуа абрэджым лажьэ зимыIэм лей ирихыу зэрыщымытам щыхьэт хуохъу а хъыбарыр. Езы уэрэджыIакIуэми къызэрымыкIуэ IэзагъкIэ Тхьэр къыщIыхуэупсам щхьэусыгъуэ зэриIар наIуэ къищIащ абы фIыкIэ игу къинэжа цIыхум дилъэгъуар зэримыбзыщIар.
Залымхъан и щхьэ уасэу сом 5000, иужькIэ 18000 ягъэуват. Езыми, а хъыбарыр зэхихауэ, зыукIыну зи пщэ дэлъ Вербицкэм и зауэлI гупыр игъэхъуу, Тифлис кIуэ гъуэгум тетт, Дарьял къуэм пэгъунэгъуу. Залымхъан Вербицкэм щIещакIуэр и псэм тешыныхьу аратэкъым, атIэ, абрэджыр къилъыхъуэ зищIу, абы лажьэ зимыIэ цIыху гуп шэшэн бэзэрым зэрытриукIыхьарт. Залымхъан тхьэ иIуат Вербицкэм хурикъужынуи, «Бенц» и цIэу къежьа машинэщIэ цIыхуий зэрыхуэр гъуэгум кърижэу къыщилъэгъуам, и бийр къызэрыIэрыхьам шэч къытрихьатэкъым. Абы хъыбар къыхуахьат Вербицкэм апхуэдэ машинэм итIысхьэну билет къызэрищэхуамкIэ.
Машинэр къагъэувыIащ. Абы зи псэ IукIа бзылъхугъищрэ цIыхухъуитхурэ ису къыщIэкIащ. Залымхъан Вербицкэр ицIыхуртэкъым. Арати, щIалэхэр зырызу кърашурэ абрэджым и пащхьэм кърагъэуващ. Зыр чыристан духьэшыуэ къыщIэкIащ: абы и бохъшэри, и дыжьын жорри, и дыщэ сыхьэтри Залымхъан хуишия щхьэкIэ, модрейм Iихын идакъым. Шыгухумрэ куржы-сондэджэрымри иутIыпщыжащ. Адрейр фокус зыгъэлъагъуэ франджы щIалэти, абрэджхэм я жыпхэм джэдыкIэ зырыз кърихащ, жи. Ари яутIыпщыжащ. Ещанэр илъэс 40 зи ныбжьын лIы къекIут, и нэкIу хъурейр зэщIэупсарэ нащхъуэу. Абы шляпэ щхьэрыгът, туфлъэ фIыцIэрэ кIэстум зэфIэтрэ щыгът. И плащ хужьыр и Iэм едзэкIат, Iэ ижьым IэщIэлъ жьауэр баш хуэдэ къигъэсэбэпырт. ЛIым Залымхъан щхьэщэ хуищIащ.
- Сэ си цIэм зыри къыбжиIэнукъым, - жриIащ абы зыкъригъэцIыхуну унафэ къыхуэзыщIа Залымхъаным, - си паспортыр машинэм илъщ. Си цIэр Шаляпин Фёдорщ, сыартистщ икIи сыуэрэджыIакIуэщ.
АдэкIэ хъыбарыр зэрыжаIэжым зэтехуэу къыхэщхэр мыращ. Залымхъан, Шаляпиным жиIэр и фIэщ мыхъуу, и хьэпшыпхэр къыщыIихым, модрейм: «СопIащIэ, Тифлис къэзгъэгугъахэр къыщызожьэ», - къыжриIащ. «НтIэ, зы уэрэд къыджеIэ», - хегъэзыхь ар къэпцIэнкIэ шынэ Залымхъан. Ар щызэхихым, Шаляпиным урысыбзэкIэ «Къасболэт щэджащэ» шэшэн уэрэдыр къыхидзащ.
ЗэраIуэтэжымкIэ, Залымхъан уэрэдым апхуэдизкIэ итхьэкъуати, Шаляпиным къытрихар иритыжам и мызакъуэу, и къамэри тыгъэ хуищIат.
«Си нэпсыр зэрысхуэмыубыдар умыIуэтэж», - елъэIуат жаIэ Залымхъан Шаляпинми, уэрэджыIакIуэр и псалъэм епцIыжакъым, хъыбарыр щыжиIэжар абрэджыр яукIа нэужьщ. ТIури дунейм ехыжащ, хъыбар дахэр къэнащ.
Уегупсысыну щхьэпэщ Кушмэзокъуэ Залымхъан адыгэ унэцIэ (Гушмазукаев) щIызэрихьэми. Ар щыщщ адыгэхэм къатепщIыкIа «Харачой» шэшэн тейпым. «Псоми ящIэ Харачой щыщхэр шэрджэсхэм къазэрытехъукIам», - куэдрэ ущрохьэлIэ шэшэн тхыдэм теухуа напэкIуэцIхэм. Ар къыщыхъуа зэманри щыуагъэшхуэ къыхэмыхуэу пхужыIэнущ.
1846 гъэм Щамил-Iимамыр Къэбэрдейм къэкIуауэ зэрыщытар тхыдэр зыфIэфIхэм ящIэ. Абы щигъэзэжым адыгэ пщы-уэркъхэу 38-рэ и гъусэу Iэпхъуауэ щытащ, щхьэж цIыху бжыгъэ гуэр дэщIыгъуу. Щамил абыхэм я унафэщIу Анзорхэ я къуэ Мухьэмэт-мырзэ игъэуври, адыгэхэр зэрыIыгъыу Ведено пэгъунэгъу къуажитIым щигъэтIысауэ щытащ.
«А адыгэ-мухьэжырхэм ящыгуфIыкI, гуапэу яхущыт, Iэмал зэриIэкIэ сыт хуэдэ IуэхукIи ядэIэпыкъу», - хуетх Iимамым шэшэн нэIиб Дубэ адыгэ къэIэпхъуэжагъащIэхэм ятеухуауэ. НэгъуэщI зы тхыгъэм Щамил «фIыуэ илъагъу и къуэшхэу Калай, Аршты (адыгэхэр зыдэтIысхьа къуажэхэр) щыпсэухэм яхуэгъэзауэ» щетх: «Дэ унафэщIу ныфхуэдгъэкIуащ щIэныгъэ зиIэ фи къуэш, адыгэ щIалэ Мухьэмэд-мырзэ… Абы жиIэм федаIуэ, жыIэщIи фыхуэхъу. Абы едаIуэр сэ къызэдаIуэу аращ, абы емыдаIуэр сэ къызэмыдаIуэу аращ».
Тхыгъэр духынщ Шаляпиным Залымхъан жриIа «Къасболэт щэджащэ» уэрэдым щыщ сатырхэмкIэ:
Егиящ абыхэм Къасболэт:
ЗэвгъащIэ ди кърым фочхэр
Дамэу дэ зэрыттетыр,
Сэшхуэхэр ди лъэбжьанэщ
Ди псэр пытуи зыттынукъым…
Кушмэзокъуэ Залымхъан
Шаляин Фёдор
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "363.txt"
} |
Эстониеми Адыгэ Хасэ щолажьэ
Эстонием щекIуэкIащ «Ритмы Кавказа» V дунейпсо юбилей фестивалыр. Ар къызэригъэпэщащ «Терек» НКО-м и Iэтащхьэ икIи абы щылажьэ къэфакIуэ ансамблым и унафэщI Тхьэгъэзит Илонэ.
Фестивалым зы утыку щызэкъуигъэуващ балтие къэралхэм щыпсэу кавказ лъэпкъхэм я лIыкIуэхэр. Мы гъэм зэхыхьэм и хьэщIэ лъапIэ хъуащ «Кабардинка» къэрал академическэ къэфакIуэ ансамблыр.
- Куэд щIауэ си хъуэпсапIэт дуней псом щыцIэрыIуэ къэфакIуэ гупым ди деж зыкъыщагъэлъэгъуэныр, - жеIэ Тхьэгъэзит Илонэ. - Ар къызэрыдэ- хъулIам дрогушхуэ. «Кабардинка» ансамблым темыпыIэжу адыгэ диаспорэри, ди къэфакIуэхэри, кавказ щэнхабзэр зыхэзылъхьэ щымыIэ эстонхэри пэплъэрт.
«Кабардинка» ансамблым и концертым иджыри къыщIэлъэIужурэ Урысейм и щэнхабзэ цент-рым щекIуэкIащ. Ди артистхэм псалъэ гуапэкIэ закъыхуигъэзащ Урысей Федерацэм и лIыкIуэу Эстонием щыIэ Петров Александр. Къызэхуэсахэм хуабжьу ягу ирихьащ кавказ макъамэхэмрэ къафэхэмрэ икIи Iэгуауэ инхэр хуаIэтащ, артистхэр куэдрэ ямыутIыпщыжу.
Къэбэрдей-Балъкъэрым икIахэр етIуанэ махуэм Урысейм и посольствэм ирагъэблэгъащ. Чэнджэщэгъу Лицкай Дмитрийрэ пресс-атташе Мосюков Денисрэ хьэщIэхэм яхутепсэлъыхьащ урысей щэнхабзэр хэIущIыIу щыщIыным ехьэлIауэ посольствэм щызэфIагъэкI лэжьыгъэхэм. ЗэIущIэм къыщыхалъхьащ Налшыкрэ Таллиннрэ зэныбжьэгъу къалэ зэращIынум теухуа Iуэху дахэр.
Фестивалым хэтащ Эстонием, Латвием, Литвам, нэгъуэщI къэралхэми я артисти 100-м щIигъу. Зэхыхьэм ипкъ иткIэ «Кабардинка» ансамблым и художественнэ унафэщI Атэбий Игорь адыгэ къафэмкIэ мастер-класс итащ. Абы хэтыну гупыж ящIащ ансамбль зэмылIэужьыгъуэхэм щыщ къэфакIуэ щэ ныкъуэм щIигъум. Фестивалым хыхьэ махуэхэм ящыщ зым ди артистхэр щыIащ Пярну зыгъэпсэхупIэ къалэм. Абы гукъинэжу зыкъыщагъэлъэгъуащ.
Таллинн и Ратушэ утым щыIэ ЕгъэджакIуэм и унэм фестивалым хыхьэу щагъэлъэгъуащ Налшык къалэм икIа сурэттеххэу Къарей Элинэ, Байсиев Ахъмэт, Подвэ Александр сымэ я лэжьыгъэхэр. КъызэгъэпэщакIуэхэм утыку кърахьа сурэтхэм фIащащ «Кавказым и бзылъхугъэхэр». Выставкэр къыщызэIуахым зыкърагъэхьэлIащ эстон политикхэм, Урысейм и посольствэмрэ хэхэс адыгэхэмрэ я лIыкIуэхэм, фестивалым хэтхэм. Лэжьыгъэхэм щынэрылъагъут Кавказым и цIыхубзхэм ябгъэдэлъ дахагъэр. Сурэттеххэр къытеувыIащ я IэдакъэщIэкI щIэщыгъуэхэр «къызэраубыдам». Выставкэр Таллинн накъыгъэм и кIэ пщIондэ щекIуэкIынущ. ИужькIэ сурэтхэр Эстонием и нэгъуэщI къалэхэм щагъэлъэгъуэнущ.
ИлъэсипщIкIэ узэIэбэкIыжмэ, Таллинн къыщызэрагъэпэщащ Кавказым ис лъэпкъ къафэхэм я ансамбль. Ар я жэрдэмщ адыгэ диаспорэм щыщхэм. Иджы абы и унафэщIщ Тхьэгъэзит Илонэ. Тэрч щыщ Тхьэгъэзит Артур щхьэгъусэ хуэхъуа эстон пщащэ Илонэ и псэм пэгъунэгъу хъуащ адыгэ щэнхабзэр. Абы къыхилъхьа «Ритмы Кавказа» фестивалыр мы гъэм илъэситху ирокъу. Ар куэдым ягу зэрырихьым и щыхьэтщ къызэгъэпэщакIуэхэри, абы зыкъыщызыгъэлъагъуэхэри, еплъхэри гъэ къэси кавказ щэнхабзэм и махуэшхуэм темыпыIэжу зэрыпэплъэр.
«Терек» ансамблым хэтхэр къофэ.
Таллинн и зы утыку.
Бысымхэм «Кабардинка»-р утыку кърашэ.
ХЬЭЛЫШХ Аннэ. Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ. Налшык - Таллинн
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "364.txt"
} |
МЭРЕМ ПШЫХЬ
Адыгэ псалъэжьхэр
Дыжэф пцIанэ хъуркъым
♦Гъэмахуэм Iэжьэ щIыи, щIымахуэм гу щIы.
♦Жьыр и гупэу мэпсэу.
♦Зэрабзыр иIэ щхьэкIэ, кърабзэ иIэкъым.
♦ГъэфIым умыгъуэта гъейм бгъуэтыжыркъым.
♦Дыжэф пцIанэ хъуркъым.
♦Зэрыгъэпщыркъым, зэрыгъатхъэркъым.
♦Дыщэр и Iэм къыпощ.
♦IэщIагъэ зиIэ Iэужь иIэщ.
♦Дзыгъуэ пэтрэ щIымахуэм хуогъэтIылъэ.
♦ЗэдэпщIэ щIэхщи, зэдэшхэ IэфIщ.
♦ЗэбгъащIэр IэщIагъэщи, умыщIэр IэфIщ.
♦Зэхэшэ шэбэщ.
♦Зэхьэзэхуэ мэунэри, зэижитI мэунэхъу.
♦Нэм фIэбэр Iэбэм еух.
♦Бгъэр бгъэкIэ ягъасэ, былымыр былымкIэ къагъуэт.
♦Нэр делэщ, Iэр бланэщ.
♦ХамэIэр Iэгъэзагъэ щхьэкIэ - гугъэзагъэкъым.
♦НэрыIэзэ-Iэпэзадэ.
♦Уеплъу ущыс нэхърэ, уисми, еIуб.
♦Бей жей езэгъыркъым.
♦Уеуэмэ - мэкъущ, уемыуэмэ - къурэщ.
♦Узэгугъур къогугъуж.
♦ЩIалэгъуэрэ дахэгъуэрэ зимыIэ щыIэкъым.
♦Хъанхэ я щIыб джатэ щагъэдалъэ.
♦Джэд нэхърэ джэдыкIэ нэхъ Iущщ.
♦Зым и гуращэр щэм я гуращэщ.
♦Мардэ зимыIэ щыIэкъым.
♦Пэ зиIэм кIэи иIэщ.
♦ЦIыкIуу къамылъху ин хъуркъым.
♦ЦIыху зыпI цIыху уасэ хон.
Дерс
ШабзитI
Шабзэр игъэIэрыхуэфу зызыгъасэ щIалэ цIыкIум шабзитI къищтэри, лэжьыгъэм пэрыуващ. АрщхьэкIэ, и гъэсакIуэм къищтащ зы шабзэр.
- ЕтIуанэ шабзэр щхьэ сIыпха? - щIоупщIэ щIалэ цIыкIур.
- Сэ къыпIысхар етIуанэракъым, атIэ япэ шабзэрщ. Сыту жыпIэмэ, япэ шабзэр тIум щыгъуэми пхутегъэхуэнутэкъым.
- Сыт щхьэкIэ?
- Иджыри зы Iэмал узэриIэм ущыгугъыурэ, япэр къыпхуэгъэсэбэпынутэкъым.
Жэуап
ГъуэгурыкIуэр мэлыхъуэм еупщIащ:
- Нобэрей махуэр сыт хуэдэну пIэрэ?
- Сэ сфIэфIым хуэдэнущ! - жиIащ мэлыхъуэм.
- Дэнэ щыпщIэрэ ар пфIэфIынрэ пфIэмыфIынрэ?
- Уигу ирихь псори гъащIэм зэуэ къузэримытыр къызгурыIуа нэужь, сиIэмрэ слъагъумрэ фIыуэ слъагъуу зезгъэсащ. Сэ шэч къытесхьэркъым, дунейм нобэ сыт хуэдэу зызэримыхъуэкIми, ар сигу зэрыдыхьэнум!
ПщIэну щхьэпэщ
Жьы хъуа псалъэхэр
Хьэлыуэ Iэпищ. ФэрэкI къызэуза сабийр хъужа иужькIэ, хьэлIамэ хуагъавэрт, сабийм и Iэпищым и пIэ тедзауи гъунэгъухэм хуахьырт, я сабийр зэрыхъужам, иджы уакъыкIэлъыкIуэ зэрыхъунум и щыхьэту.
Гъуэгудэгъазэ. Мыр адыгэхэм хьэщIэм хуащI пщIэм, кIэлъызэрахьэу щыта хабзэм ящыщ зыщ. Къуажэм дэкIыу гъуэгу техьам, хьэщIэ къакIуэу илъагъумэ, къигъэзэжырти, къуажэм нэс къигъэблагъэрт, хьэщIэм хуит къищIыжмэ, и гъуэгум пищэжырт.
Дыщрыс. Пасэ зэманым щыгъуэ пщащэм и нэчыхьыр ятха иужькIэ, и дыщым илъэскIэ щис къэхъурт, зыхыхьэну унагъуэм уасэр зэхуихьэсыху, езыми зигъэхьэзырыху.
Гущэкъуибзэ. Адыгэхэм хабзэу къадекIуэкIыу щытащ зы жэщым жылэм къыдалъхуа щIалэ цIыкIумрэ хъыджэбз цIыкIумрэ я гущэкъу зэхурабзэу. Ахэр балигъ хъуа иужькIэ унагъуэ хъун хуейуэ арат.
ГушыIитI
Щхьэ шэч къытепхьэрэ?
Щхьэбаринэ Къасбот къуажэ псом я унафэщIт. Ауэ ар езым и унагъуэм щыпыпхэт. Абы и фызым бжьыпэр иубыдати, бэуапIэ къритыртэкъым, фызым и унафэкIэ унагъуэр псэурт.
Къасбот и къуажэгъухэр а Iуэхум фIыуэ щыгъуазэти, щIэх-щIэхыурэ къызыпхагъэIукIырт: «Зи унагъуэм унафэ хуэзымыщIыжыф цIыхур къуажэ псом я Iэтащхьэу ягъэувауэ драгъэукI!» АпщIондэху лIыр бампIэм ихьырт. Къасбот и фызым иужь дыдэу иджыри зэ епсэлъэжыну мурад ищIащ.
- Сэ сылIщ, ныбжькIи зы хьэнтхъупс шынакъкIэ сынэхъыжьщ, ауэ щыхъукIэ, унагъуэм унафэщIу исын хуейр сэращ. Унагъуэм унафэщIитI ис зэрымыхъунур зыщумыгъэгъупщэ! Аращ къуажэ къэс, район къэс, область къэс зы унафэщI фIэкIа щIамыгъэуври!
- Уэри зыщумыгъэгъупщэ, тIасэ цIыкIуу сиIэ, а унафэщIхэм ящыщ дэтхэнэ зыми и пщэ дэлъ къалэныр щыхуэмыгъэзащIэм деж зэрытрахур. Ар зыуэ. ЕтIуанэрауэ, уэ къуажэ псо щыпхузехьэкIэ, сэ ди унагъуэ цIыкIу закъуэм и унафэ схуэмыщIыну щхьэ уигу къэкIыххэрэ?..
Абы и ужькIэ, куууэ хэщэтыкIри, Къасбот и IитIыр иIэтыпащ…
Уахъ урикъуэмэ, хъунущ, тIо!
ЦIыхухэм адыгэ хабзэхэр Iэдэбу ягъэзащIэмэ, Уэсмэн дадэ игу хэхъуэрт, ямыгъэзащIэртэкъэ - и жагъуэ хъурт. И жагъуэ хъууэ къэмынэжу, ириубыдылIапэрти, игъэукIытэрт: «Адыгэ укъилъхуакъэ? Адэ-анэ уагъэсакъэ?»
Зыбжанэ щIауэ Уэсмэн хузэгуэпырт имыцIыху зы щIалэ нэмысыншэ гуэрым. ЩIалэр зэ лIыжь гуэрым и ижьырабгъум щыту, зэ фызыжь гуэрыр и сэмэгурабгъум щыту, зэи нэхъыжьитIым я зэхуакум дэтрэ зыщIыпIэ кIуэуэ уэрамым щрихьэлIэрт. АпщIондэху Уэсмэн щIалэм еущиерт, егиерт, здэщытын хуей лъэныкъуэмкIэ игъэувыжырт. АрщхьэкIэ абы адыгэ хабзэ дахэр хузыхэлъхьэртэкъым. Хузыхэлъхьэпэнуми, къыфIэIуэхутэкъым.
Апхуэдэу екIуэкIыурэ, Уэсмэн дадэ а щIалэмрэ зы лIыжьрэ зэгъусэу уэрамым кърикIуэу ирихьэлIащ. Аргуэрыжьти, щIалэр лIыжьым и ижьырабгъум щытт. ИтIанэ Уэсмэн дадэ зэгуэпауэ абы еупщIащ:
- Уэ хэт урищIалэ, тIо?
- Дырагун Уахъ!
- А-а!.. Уахъ урикъуэмэ, хъунущ, тIо! - пищащ лIыжьым и псалъэм. - Дэнэ лъэныкъуэкIэ ущытми хъунущ, тIо! Тхьэ дыгъыIэ, зэрымыщIэкIэ, уэри бэлыхь ухэзгъэтамэ, сэри хьэзаб зытезгъэлъамэ!.. ДяпэкIэ гугъу дызэрегъэхьыжынукъым!
Дырагун Уахъ зэрыхабзэншэжьыр, зэрынэмысыншэжьыр Уэсмэн дадэ ищIэртэкъэ?..
Дудар Хьэутий.
Iуэтэж
Iулъхьэ
Бжей жыгхэм я пщIащэр жьым зэрихьэрт, уэчылым, Хьэжы Намыкъ, и тхылъымпIэхэр зэщIикъуэжащ, жьым ирихьэжьэнкIэ шынэри. Щхьэгъубжэр хуищIащ, бжэр къридзылIэжынути, бжэщхьэIум нэсауэ, лIы лъахъшэ цIыкIу пщIантIэм къызэрыдыхьэр илъэгъуащ. И плIэм хъуржын зэпедзэкI илъщ лIы лъахъшэ цIыкIум, шыди IумпIэкIэ иIыгъщ.
- Еблагъэ, Алий Хъуэжэ! - къицIыхужащ уэчылым лIы лъахъшэр. - Сытым укъытхуихьа? Бэзэрым махуитI иIэжщ иджыри, щхьэ укъежьа?
И нэр щIиукъуанцIэри, лIы лъахъшэ цIыкIум тхьэмыщкIафэ зытригъэуащ.
- Си Iуэху щIагъуэкъым, зиусхьэн. Бэлыхь сыхэхуащ. Аращ сыкъезыхужьар… - жери зриIуэнтIыхьащ лIы лъахъшэ цIыкIум.
- Сыт пщIэн-тIэ, къыщIыхьэ… Нэхъ зэхэщIыкIыгъуэу къызжеIэт.
- БжесIэнкъэ… Аращ сыкъыщIэкIуар.
- Къэхъуар сыт?
- Уэр фIэкIа сызэчэнджэщын сиIэкъым. ЧэнджэщакIуэ сыкъэкIуащ.
Алий Хъуэжэ шыдыр ирипхри, уэчылым кIэлъыщIыхьащ. Уэчылым чысэ къыхуишияти, тутын ишыхьащ, и хъуржынри иригъэувэхащ, тутыным екъуурэ, и Iуэху зытетыр Хьэжы Намыкъ хуиIуэтащ.
Къуажэ мухътарым, Сойсузоглу, едауэрт Алий Хъуэжэ. Мухъутарым и щIы кIапэм унэ трищIыхьыгъащ Алий Хъуэжэ. Иджыри къэс къеныкъуэкъуакъым мухъутарыр. Иджы къодауэ, унэ трихын мурад ищIащи. «ЩIыр зейм унэри ейщ», - къыжреIэ. Ар Алий Хъуэжэ идэркъым: «Унэр зейращ щIыри зейр!» - жери пэуващ.
Хьэжы Намыкъ, и жьакIэм хэпэщэщыхьри, заулрэ гупсысащ. Иужьым жиIащ:
- Узахуэкъым, Алий Хъуэжэ!
- Сэра мызахуэр?
- Уэращ. Узахуэкъым.
- Сызахуэщ. Унэр щысщIым зыри щхьэ жимыIарэ мухъутарым?
- АбыкIи хуитщ - къыбжиIэнуи къыбжимыIэнуи.
- СызахуэкIэ тхьэ щысIуэжынщ! СыпикIуэтынкъым! Сызэрызахуэр и фIэщ сщIынущ! Седэуэнущ!
- Уедауэмэ, ухилъэфэнщ.
- Сыхрелъафэ! ИтIани седэуэнущ!
Алий Хъуэжэ зэрыхилъэфэнум шэч къытрихьэртэкъым, Iуэхум хэIэбэнутэкъым Хьэжы Намыкъ. ИтIани, сыт ищIэн: игъэщIэхъу хъунукъым, Бозоюкъ къуажэм дэсхэм яхуэуэчылщ илъэс тIощIрэ пщIырэ хъуауэ. КъэзымыцIыху дэскъым Бозоюкъ, Iуэху къалъыкъуэкIамэ, зэжалIэр Хьэжы Намыкъщ, я уэчылщи. ПщIэншэу ягъэуэчыл ффIэщIрэ - шхын щагъаIэркъым, гу къылъатэ зэпытщ, гъавэр хъуамэ.
И щхьэм ечэнджэщыжри, Хьэжы Намыкъ жиIащ:
- Хъунщ, уи Iуэхур си пщэ дэслъхьэжынщ, ауэ ухилъафэмэ, уигу къызумыгъабгъэ: мыр Iуэху цIыкIуфэкIукъым.
- Уэзгъэбгъэнкъым. Ауэ сыт сыхилъэфэнкIэ ущIэшынэр?
- Узахуэкъыми, аращ сыщIэшынэр.
- ХеящIэм зы щынэ пшэр хукъуэзгъэплъмэ-щэ?
- Дауэ-пIа?
- Си кIэн къикIынкIэ хъункъэ итIанэ?
- Уи кIэн къикIын сщIэркъыми, ущыхилъэфэпэнур абы щыгъуэщ!
- Сыт щхьэкIэ?
- Нобэ ди хеящIэр япэрейм хуэдэжкъым, ухэзэгъэнкIэ Iэмал зимыIэщ! Iулъхьэ хукъуэбгъэплъакъэ - узахуэми, ухригъэлъэфэнущ. Бий къыпхуэхъунущ, уигъэтIысыпэнри хэлъщ! ПцIыхуркъым уэ ар! Нэхъ цIыху къабзэ срихьэлIауэ сщIэжыркъым. Iулъхьэ хэзэгъэнукъым, кIэщIу бжесIэнщи. «Щынэ пшэр хукъуэзгъэплъмэ!» жыбоIэ…
Алий Хъуэжэ и щхьэр ищIащ:
- Апхуэдэ цIыху къабзэм тхьэм дыщимыгъащIэ!
- Тхьэм жиIэ!
Зы сыхьэт хуэдэкIэ зэбгъэдэсащ уэчылымрэ Алий Хъуэжэрэ.
Алий Хъуэжэ зэрыхилъэфэнум шэч лъэпкъ къытримыхьэми, Iуэхур и пщэ дилъхьащ уэчылым: Бозоюкъ жылэм яфIэлIыкIащ, езы Алий Хъуэжэи пщIэ хуищIырти, хуэгъэщIэхъуакъым.
- Хъунщ, сыхыхьэнщ уи Iуэхум, - къыжриIащ, ауэ укъысщымыгугъыщэ: узэрыхилъэфэнур сызэрылIэжынум хуэдэу сощIэ, уи жагъуэ умыщIыж иужькIэ, уи Iуэхум зыри къимыкIмэ.
Ар зэраухылIэри, Алий Хъуэжэ ежьэжащ. ТхьэмахуитI дигъэкIри къытригъэзэжащ. Уэчылыр матхэри стIолым бгъэдэсщ. Алий Хъуэжэ къыщыщIыхьэм, Хьэжы Намыкъ и щхьэр къиIэтащ, и нэгъуджэри дригъэкIуэтеящ.
- Къеблагъэ, къеблагъэ, Алий Хъуэжэ! Ди кIэныр къикIащ, пщIэркъэ? Си фIэщ хъуртэкъым ди кIэныр къикIыну!
- КъыщIикIар пщIэркъэ? - еплъащ Алий Хъуэжэ уэчылым.
- Сыт къыщIикIар? - и нэр къригъэжащ уэчылым.
- ХеящIэм хуезгъэша щынэ пшэрыращ ди кIэныр къыщIикIар, - къыфIэмыIуэху-къыфIэмыIуэхуу жэуап итыжащ Алий Хъуэжэ.
- Дауэ-пIа? Щынэ хуебгъэша хеящIэм?
- Хуезгъэшащ.
- Епкуащ, сытми?
- Ескуащ. Уэракъэ къызжезыIар: «ХеящIэм Iулъхьэ хэзэгъэнукъым, Iулъхьэ къыхукъуэзыгъэплъыр, захуэми, хригъэлъэфэнущ»? Ы?
- Сэращ…
- Щынэ хуезгъэшащ, ауэ хуезыгъэшар сэрауэ зыкъезгъэщIакъым.
- НтIэ?..
- Мухъутарым хуригъэшауэ жрезгъэIащ хеящIэм.
Уэчыл лIыжьым къалэмыр IэщIэхуащ, и жьэр иущIа фIэкIа, зы псалъэ хузэпыщэжакъым.
Жьы мащIэ къыкъуэури, жыгей пщIащэм и макъыр щхьэгъубжэм къыдэлъэтащ…
Хьэткъуэ Умар,
дунейпсо литературэм и классик
(1884 - 1920 гъгъ.).
Интернетым дыкъыщоджэ
Зэадэзэкъуэмрэ шыдымрэ
Зэгуэрым зэадэзэкъуэм я шыдыр я гъусэу уэрамым дыхьат. Адэр шыдым тест, къуэм вожэр иIыгът.
- Сабий тхьэмыщкIэ! - жиIащ гъуэгурыкIуэ гуэрым, - и лъакъуэ псыгъуэ цIыкIухэр шыдым лъэщIыхьэ къудейщ. Дауэ шыдым IитIэлъитIэу утесыф, сабийм бэлыхьыр тебгъэлъу?
Адэм и гум щIыхьащ гъуэгурыкIуэм и псалъэхэр. Езыр шыдым къепсыхри, щIалэ цIыкIур тригъэтIысхьащ. Куэд ямыкIуу, аргуэру къахуэзащ лIы гуэр. Аргуэрыр губжь щIэлъу къогуо:
- ЕмыкIущ мы слъагъур! Сабийр, пащтыхьым ещхьу, шыдым тесщ. Нэхъыжьыр лъэсу кIэлъокIуэ. ЩIалэ цIыкIур ириукIытащ лIым жиIам, адэр къыпытIысхьэнуи елъэIуащ.
- Мыр сыт гущIэгъуншагъэ, - мэхъущIэ ахэр къэзылъэгъуа фыз гуэрыр. - Зи бзэ мыпсалъэ псэущхьэм и фэр апхуэдизу щхьэ ифхрэ?
Зы псалъи жамыIэу зэадэзэкъуэр шыдым къепсыхри, абы бгъурыту ежьэжащ. Я гъуэгум хагъэщIаIатэкъым, зэкIуэцIылъэлъу къащыдыхьэшхыу къахуэкIуэ лIыр щалъэгъуам:
- Е зиунагъуэрэ, мы шыдыр фыщIиIэм и мыхьэнэр сыт, сэбэп мыхъунумэ? ТIум яз фытетIысхьэ хъунукъэ, фымыгъэхьэулейуэ?
Шыдыр зей лIым и Iэр щIалэ цIыкIум и дамащхьэм хьэлъэу трилъхьэри жиIащ:
- Дауэ тщIыми, дагъуэ къытхуэзыгъуэтын дрихьэлIэнущ. Дэ езым ди Iуэху къызэрикIынум хуэдэу тщIымэ нэхъыфIщ, псоми задедгъэкIуну иужь дихьэ нэхърэ.
ФIыщIэ
Сабий гуэр зеиншэ хъури, и Iыхьлы жыжьэ гуэрым зришэлIэжат. Сабийр къэзыщтэжа лIыр къыхуэгущIэгъуншэт: щIалэ цIыкIум щIэх-щIэхыурэ удын гъущэ иридзырт, езыр шха нэужь, къанэр къыхуидзырт, и ней къыщыхуэмэ, щIыунэм щIидзэрти, сыхьэт бжыгъэкIэ щIигъэсырт, нэгъуэщI сабийхэм ядигъэджэгуртэкъым.
Зэгуэрым, а псор хуэмышэчыжу, щIалэ цIыкIур къыщIэпхъуэжащ. Куэдрэ къызэхикIухьащ абы дунейр: щIакхъуэ Iыхьэ щхьэкIэ лъаIуэу, къыздыпэщIэхуэм щыIурихыу. Зэгуэрым ар тежеящ дзэ хуэIухуэщIэхэм щыхуагъасэ школым и бжэщхьэIум. Школым и гъэсакIуэр апхуэдизкIэ лъэщти, и хъыбарри жыжьэ нэсат. Абы зришэлIащ щIалэ цIыкIур, дзэ хуэIухуэщIэхэми хуигъэсащ. Илъэсхэр кIуащ. ЩIалэ цIыкIур и гъэсакIуэм лъэщIыхьэжащ IэзагъкIэ. ГъэсакIуэр щылIэм, и школыр щIалэм, къыхуигъэнащ. Зэгуэрым щIалэр и гъэсэнхэм я гъусэу и сабиигъуэр щыкIуа щIыпIэхэм къыщыхутащ. Куэбжэпэ гуэрым деж щыст щIалэм и благъэ ткIийр.
- Мо лIыжьращ сыкъызыфIыщIэпхъуэжауэ щытар, - яжриIащ абы и гъусэхэм.
Модрейхэм я къамэхэр кърапхъуэтат я гъэсакIуэм илъ ящIэжыну. Ауэ щIалэм къигъэувыIащ ахэр:
- Сэ абы фIыщIэшхуэ хузощI. Иджыпсту сиIэ псори абы и фIыгъэкIэ зыIэрызгъэхьащ. Сэ сызэрыхъунур хэтыт зыщIэр, ар мыхъуамэ?
ЗэзыдзэкIар НафIэдз Заремэщ.
Чэнджэщхэр
Бэлагъыр ятхьэщIыркъым
♦Хывышэм нэхъ дагъэ куэд щIэтщ, жэмышэм нэхърэ.
♦ДжэдыщIэм япэу къикIэцI джэдыкIэр цIыкIунитIэщ, ныбгъуэ джэдыкIэм хуэдизу, ар яшх хабзэкъым.
♦ГъэтIылъыгъэ ящIыну кхъуейр щыхэхын хуейр мэкъуауэгъуэ, бадзэуэгъуэ, шыщхьэуIу мазэхэрщ. Мис абы щыгъуэ хаха кхъуейр IэфIщ, витамин куэду хэлъщ.
♦Тхъур нэхъыбэрэ бгъэвэжыхукIэ, нэхъ къабзэ икIи нэхъ IэфI мэхъу, куэдрэ зэIыхьэркъым.
♦ПIастэр зэращIа бэлагъыр ятхьэщIыркъым, а бэлагъым кIэрыжьа пIастэр сэкIэ кIэратхъунщIыкI.
♦Жэмыкуэ е кхъуейжьапхъэ щащIкIэ джэдыкIэ куэд халъхьэмэ, тхъу къыщыщIимыдз щыIэщ. ДжэдыкIэм шатэм къыщIидз тхъур зыщIеф.
♦Нэхъыжьхэм джэд гъэва е гъэжьа щашхкIэ джэдыфэр къытрахырти, цIыкIухэм иратырт яшхыну, нэхъ щIалэ фищIынущ, бланэ фыхъунущ икIи нэхъыбэрэ фыпсэунущ жаIэрти.
Къубатий Борис.
НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар НэщIэпыджэ Замирэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "365.txt"
} |
Гъуазджэр зи гъащIэ гъусэ
Театрым и илъэс-2019
Зэкъуэш республикэхэм я зэдэлэжьэныгъэмрэ зэныбжьэгъугъэмрэ нэхъри ягъэбыдэн, я зэпыщIэныгъэм псэщIэ халъхьэжын мурадкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбекрэ Къэрэшей-Шэрджэсым и Iэтащхьэ Темрезов Рашидрэ зэгурыIуэныгъэм Iэ щIадзащ 2019 гъэр хэгъэгухэм я илъэсу щIыналъитIым зэрыщагъэувымкIэ. КъБР-м и гъэр КъШР-м зэрыщекIуэкIым и пэублэ зэIущIэу щытащ Театрым и илъэсыр Черкесск къалэм къызэрыщызэIуахар.
КъШР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм, Къэрал лъэпкъ библиотекэм, КъШР-м и Къэрал филармонием зэгъусэу къызэрагъэпэща зэхыхьэр гъэщIэгъуэну екIуэкIащ - Адыгэ Республикэм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, режиссёр цIэрыIуэ ЕмкIуж Андзор яхуэзащ и творчествэм дихьэххэм, ныбжьэгъухэм, лэжьэгъухэм, щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм. Андзор КъШР-м, КъБР-м, АР-м щылажьэ лъэпкъ театрхэм спектаклхэр зэрыщигъэувам къыхэкIыу, зэIущIэм кърихьэлIат зэкъуэш щIыналъищым щэнхабзэмкIэ я лэжьакIуэхэр, артистхэр; Краснодар, Ставрополь крайхэм, Москва къалэм къикIа хьэщIэхэр.
ЗэIущIэр къыщызэIуихым, КъШР-м щэнхабзэмкIэ и министр Бэрокъуэ Рэмэзан жиIащ КъШР-мрэ КъБР-мрэ зэращIылIа зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ, мы гъэм щэнхабзэ зэIущIэ куэд республикитIми зэрыщекIуэкIынур, нобэрей зэIущIэр ди зэпыщIэныгъэхэм я жыпхъэщIэу зэрыщытыр.
Адыгейм къикIа лIыкIуэхэм къабгъэдэкIыу къэпсэлъащ театровед цIэрыIуэ, АР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Щхьэлахъуэ Светланэ.
- Театр гъуазджэр ар, псом япэрауэ, абы елэжь, ар зыгъэув, ар утыку къизыхьэ цIыху зэчиифIэхэрщ, - жиIащ Светланэ. - Нобэ зи гугъу тщIы щIалэм Адыгейм спектакль зыбжанэ щигъэуващ. Абыхэм ящыщу япэ игъэщыпхъэр Федерико Гарсиа Лоркэ и «Кровавая свадьба» пьесэм къытрищIыкIа «ЛъыщIэж» спектаклырщ. Дэтхэнэ режиссёрми езым и Iуэху бгъэдыхьэкIэ, Iуэху зехьэкIэ иIэжщ. Андзор дэлэжьауэ абы зигу кIэрымыпщIа актёр гъуэтыгъуейщ. Абы актёрыр апхуэдизкIэ «къызэрегъэкIыф», ирита ролым ирешэфри, дэтхэнэри псэрэ гукIэ театреплъхэм яхуегъэупсэф. Арагъэнщ абы игъэува спектаклхэр фестивалхэм къыщIыщыхагъэщыр, актёрхэм хуэдэ дыдэу, театреплъхэри къыщIыдихьэхыфыр.
Акъ Мухьэрбэч и цIэр зезыхьэ шэрджэс драмэ театрым и унафэщI Акъ Динэ жиIащ ЕмкIужым абыхэм я деж щигъэува «Гу псысэ» (IутIыж Борис) спектаклым шэрджэс театрыр зыужьыныгъэм и гъуэгум зэрытригъэувар, а лэжьэгъуэ пIалъэм къриубыдэу режиссёрымрэ актёрхэмрэ ныбжьэгъуфI зэрызэхуэхъуар, абы къыхэкIыу дяпэкIи Iуэху зэдащIыну зэригуапэр.
КъШР-м и ЦIыхубэ Зэхуэсым (Парламентым) и депутат Червоновэ Еленэ, КъШР-м лъэпкъ IуэхухэмкIэ, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмрэ печатымкIэ и министрым и япэ къуэдзэ Хубиев Ислъам, КъШР-мрэ КъБР-мрэ я цIыхубэ артист, Алиевым и цIэр зезыхьэ Къэрэшей драмэ театрым и унафэщI Гочияев Руслан, КъШР-м щыIэ Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Аслъэн Алий, Урысейм ис адыгэхэм я лъэпкъ щэнхабзэ автономием и унафэщI Уэхъутэ Александр, щIэныгъэхэм я доктор, профессор, «Невиновен» фильмым и сопродюсер Хъуажь Iэминат, ЕмкIужым и ныбжьэгъу Битокъу Владимир сымэ, нэгъуэщIхэми жаIащ нобэ лъэпкъ щэнхабзэм щыжыджэр режиссёр щIалэм и зэфIэкIыр зэрыкуур цIыхухэм я фIэщ зэрищIыфар, и къаруилъыгъуэу къызэралъытэр, дяпэкIи нэхъыбэжкIэ зэрыщыгугъыр.
Пшыхьыр езыгъэкIуэкIа Боюнсузовэ Розэрэ Шидаковэ Аминэрэ зэхыхьэм кърихьэлIахэр щагъэгъуэзащ Андзор и IуэхущIафэхэм, адыгэ зэрыс республикищым щригъэкIуэкIа лэжьыгъэхэм, лъэпкъ гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ хилъхьэ гуащIэм. Къапщтэмэ, ЕмкIуж Андзор театрми киноми и зэфIэкI щигъэлъэгъуэну хунэсащ, ноби и мурадыщIэхэр зэрызригъэхъулIэным иужь итщ.
ЗэIущIэм Андзор КъБР-м, КъШР-м, АР-м щигъэува спектаклхэм («Хьэпэщыпхэ», IутIыж Борис, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ къэбэрдей драмэ театр; «Гу псысэ», Iутыж Борис, Акъ Мухьэрбэч и цIэр зезыхьэ шэрджэс драмэ театр; «ЛъыщIэж» Федерико Гарсиа Лорка, Цей Ибрэхьим и цIэр зезыхьэ адыгей лъэпкъ театр) щыщ пычыгъуэхэр щагъэлъэгъуащ театрищым я артистхэм, апхуэдэуи хэгъэгухэм щыщ уэрэджыIакIуэхэмрэ къэфакIуэхэмрэ зэIущIэр ягъэдэхащ.
ЗэIущIэм и етIуанэ Iыхьэр теухуауэ щытащ кинорежиссер ЕмкIужыр а лъагъуэм зэрытехьам, «Невиновен» полнометражнэ фильмыр зэрытрихам, ар Урысейм, Израилым, Канадэм щекIуэкIа фестиваль зыбжанэм зэрыхэтам, къыхуагъэфэща саугъэтхэм, дяпэкIэ Урысейм щагъэлъэгъуэну зэрамурадым. Кином хэтахэм, щытраха щIыпIэхэм ятеухуа хъыбархэм яфIэгъэщIэгъуэну едэIуащ къызэхуэсахэр, ЕмкIужыр зи унафэщI «Кавказфильм» киностудием (Налшык къалэ) и лэжьакIуэхэр зэрагъэцIыхуащ икIи фильмым щыщ пычыгъуэхэм еплъащ.
А пщыхьэщхьэм ЕмкIужым къыхуагъэфэщащ КъШР-м и ЦIыхубэ Зэхуэсым (Парламентым), КъШР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм я щIыхь тхылъхэр, Урысейм ис адыгэхэм я лъэпкъ щэнхабзэ автономием и дамыгъэ нэхъыщхьэр. КъыжыIапхъэщ Андзор и творчествэр ди лъэпкъ гъуазджэм и лъэбакъуэщIэу зэрыщытыр, абы адыгэ зэрыс щIыналъэхэр зэрызэпищIэр, щIалэгъуалэр театрым къызэрыришалIэр.
НэщIэпыджэ Замирэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "366.txt"
} |
Псыхъурейрэ Кубарэ щыIащ
Бахъсэн щIыналъэ
Бахъсэн щIыналъэм и администрацэм и Iэтащхьэ Балъкъыз Артур, и къуэдзэхэр и гъусэу, районым хыхьэ Псыхъурей, Куба къуажэхэм дэт социальнэ IуэхущIапIэ зыбжанэм щыIащ.
УнафэщIхэм Куба дэт 2-нэ курыт школыр, Псыхъурей щыIэ курыт еджапIэмрэ сабий садымрэ къаплъыхьащ. Абыхэм къапщытащ ныбжьыщIэ цIыкIухэр ерыскъы пщтыркIэ къызэрызэрагъэпэща щIыкIэр, IуэхущIапIэхэм материально-техникэ и лъэныкъуэкIэ я зэфIэкIыр здынэсыр, ухуэныгъэхэм я Iэшэлъашэмрэ унэ кIуэцIхэмрэ къабзэу зэрыщагъэтыр, спортым щыхуагъасэ, музыкэм щыхурагъаджэ пэшхэм я зэкIэлъыкIуагъэр, нэгъуэщIхэри. КъулыкъущIэхэр щIэупщIащ лэжьакIуэхэр зыхуей-зыхуэфIхэми.
Къуажэхэм щекIуэкIа зэIущIэхэм щытепсэлъыхьащ егъэджакIуэхэмрэ гъэсакIуэхэмрэ я лэжьыгъэм къащыхуэщхьэпэну Iуэхухэми, ахэр зэрызэфIагъэкIыну щIыкIэхэми.
Гулъытэ щхьэхуэ хуащIащ езы жылагъуэхэм я къабзагъэми. Район администрацэм и Iэтащхьэ Балъкъыз Артур зыIущIахэр къыхуриджащ щхьэж къегъэщIылIа Iэгъуэблагъэр зэрызэлъыIуихыным егугъуну.
ЧЫЛАР Аринэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "367.txt"
} |
Гъубжокъуэ Лиуан и Iэужь дахэхэр
УсакIуэ, тхакIуэ цIэрыIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Винницкэ областым щыIэ литературэ саугъэтхэм я лауреат, СССР-м и ТхакIуэхэми Журналистхэми я союзхэм хэта Гъубжокъуэ Лиуан куэд къимыгъэщIами, лъэпкъ литературэм хэлъхьэныгъэфI хуищIащ. Ар ящыщщ блэкIа лIэщIыгъуэм и 50 гъэхэм зи макъ нэхъ лъэщу къэIуа усакIуэхэм.
Гъубжокъуэ Лиуан Мухьэмэд и къуэр 1937 гъэм мазаем и 23-м Советскэ (иджы Шэрэдж) щIыналъэм хыхьэ Жэмтхьэлэ къуажэм къыщалъхуащ. 1954 гъэм къуажэ курыт еджапIэр къиуха нэужь, КъБКъУ-м и тхыдэ-филологие факультетым и адыгэбзэ къудамэм щIэтIысхьащ. СССР-м и ТхакIуэхэм я союзым деж щыIэ Литературэ курс нэхъыщхьэхэр 1973 гъэм къиухащ.
Гъубжокъуэр IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм пэрытащ. Ар лэжьащ типографием и корректору, Крупская Надеждэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ къэрал библиотекэм и методисту, художественнэ литературэр цIыхубэм яхэхьэнымкIэ бюром и унафэщIу, «Iуащхьэмахуэ» журналым критикэмрэ драматургиемкIэ и къудамэм и редактору. Зи лэжьыгъэм хуэпэж икIи хуэIэижь Гъубжокъуэр сыт хуэдэ IэнатIэ пэрымытами хущIэкъуащ и къалэныр хьэлэлу икIи дагъуэншэу зэригъэзэщIэным. Абы хэлъхьэныгъэфI хуищIащ адыгэ литературэм, сабийхэм яхуэгъэзахэми гулъытэ яхуищIу.
Лиуан и Iэдакъэ къыщIэкIащ «Шэрэдж толъкъунхэр», «Ди къуажэ щIалэ цIыкIухэр», «Адыгская коновязь», «Пули и зерна», «Иужьрей уафэхъуэпскI», «Насыпгуэш», «Жэщ гупсысэхэр», «Зэманым и джэрпэджэж», «ДыгъапIэ», «Къэрабэ» тхылъхэр. Бзэ къулейкIэ, щIэщыгъуэкIэ гъэнщIа и IэдакъэщIэкIхэм гупсысэ куу ящIэлъщ икIи абыхэм щызэхэухуэнащ Хэку, анэ лъагъуныгъэхэр, лъэпкъым къыдекIуэкI хабзэмрэ тхыдэмрэ, щIыуэпсым и къулеигъэр, цIыхухэм яку дэлъ зэхущытыкIэ дахэхэр. Абыхэм ящыщ зыбжанэ зэрадзэкIащ урысыбзэкIэ, абхъазыбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, латышыбзэкIэ, монголыбзэкIэ, украиныбзэкIэ, нэгъуэщIыбзэхэмкIи. Езыми усакIуэ куэдым я тхыгъэхэр адыгэбзэм къригъэзэгъащ. Абы и литературэ-критикэ, публицистикэ тхыгъэхэр щIэх-щIэхыурэ къытехуэу щытащ республикэм къыщыдэкI газетхэмрэ журналхэмрэ.
Гъубжокъуэ Лиуан и усэхэм ящыщ куэд триухуащ сабийхэр игъэгуфIэным икIи игъэгушхуэным. Ахэр школхэми еджапIэ нэхъыщхьэхэми щадж. И уэрэдхэр-щэ?! И усэхэм къадэкIуэу и уэрэдхэри куэдым фIыуэ ялъэгъуащ икIи ноби гуфIэгъуэ зэхыхьэ щIагъуэ къэмынэу щызэхыбох, гупсэхугъуэ къапкърыкIыу. УсакIуэм и Iэдакъэ къыщIэкIа «Удз дахэхэми яIэщ цIэ зырыз», «Къэрабэ» гущэкъу уэрэдхэр (макъамэхэр Гъубжокъуэ Ритэ ейщ), «Псынэм и уэрэд», «Псынэ», «Уи цIэр Мадинэ хьэмэ Маринэ?», «Бланэ щалъху мэкIуэж», «Лъагъуныгъэр къандесджэгукъым» уэрэд цIэрыIуэхэр куэдрэ зэрагъэзащIэр гуапэщ.
ЦIыху Iэдэбу, псэ къабзэу, щапхъэу дунейм тета усакIуэм и Iэужь дахэхэр лъэпкъ щэнхабзэм къыхэнащ икIи ахэр щIэблэм зэIэпах. Абы и тхыгъэхэм къыхощ псэ зыIут псоми гущIэгъу хузиIэ цIыху гу пцIанэу зэрыщытар. И лэжьыгъэфIхэмрэ и дуней тетыкIэ дахэмрэ къалъытэри, Лиуан тIэунейрэ къыхуагъэфэщащ «За освоение целинных и залежных земель» медалыр, ВЛКСМ-м и ЦК-м и щIыхь тхылъхэр.
Гъубжокъуэ Лиуан 1988 гъэм фокIадэм и 3-м дунейм ехыжащ. Абы и лъэпкъым щIэиныфI къыхуигъэнащ, и усэхэр ди литературэм и зыужьыныгъэм щыщ Iыхьэ хъуащ. Ахэр ди Iэпэгъуу адыгэр дыкъэгъуэгурыкIуэху езы тхакIуэми и псэр тщIыгъунущ.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Гъубжокъуэ Лиуан и усэхэр
Жылэ
Жылапхъэ ящIкъым хьэдзэ псори,
Дэтхэнэ думи кърамых,
Зи армэ кIуэгъуэу, зэпаплъыхьу,
Ар къыщыхахкIэ хощыпыхь.
Къыхах купщIафIэу нэм къыфIэнэр,
ИмыIэу зыри сэкъат лъэпкъ,
Абдежым къикIми зи кIэныр
Зэи къытемынэ цIыху и хьэкъ.
Къэджа иужькIэ хьэрэхьупыр
КъикIыкIыу ар щIыгулъым хэлъщ…
КъыхуащIа дзыхьыр егъэпэжыр -
Дзыгъуэ тхьэкIумэр щIым къыхоплъ.
Губгъуэшхуэм уэгъум ар щебэну
Гугъуехьу мащIи имыгъэв,
Аращ къикъутэу духэм щIилъыр,
Бжьыхьэр къихьамэ, гъавэ бэв.
Ет жылэм гъащIэр сэлэт хахуэу.
Ар фIыщIэ жыги зэи хуэмей.
ЗыхегъэкIуадэ щIым, и лъахэр
НасыпкIэ хъуным папщIэ бей.
1964
Си лъахэ - си удз гъэгъа
«СяужькIэ, хуейми, удзи къремыкI…» -
ЖиIат, жи, цIыху Iей гуэрым
ЩылIэм щыгъуэ.
СызэрыцIыкIурэ си гум зэи имыкI
А псалъэ Iейхэр - ноби срощыгъуэ.
Ар дауэ цIыхум и жьэм къыжьэдэукI:
«СяужькIэ, хуейми, удзи къремыкI…»
Мо дыгъэ къепсу псоми хуэжумартым
И бзийхэм щыщ абы къылъымысарэ?
Къыпхитхъыу уэсыр ажэгъуэмэр мартым
Дунейм къыщытехьам ар хуэмызарэ?
Ар дауэ цIыхум и жьэм къыжьэдэукI:
«СяужькIэ, хуейми, удзи къремыкI…»
Ди пщIантIэм дэзу сэ удз дахэ згъэкIт,
Шыпхъуншэу схьыти,
Шыпхъу къалэн згъэзащIэу;
Гъэгъахэр гъунэгъу Iыхьэу къезгуэшэкIт,
Сэ нэщхъыфIагъэт къайIысхри гуфIапщIэу.
Ар дауэ цIыхум и жьэм къыжьэдэукI:
«СяужькIэ, хуейми, удзи къремыкI…»
СощIэж, сэ губгъуэм Iэджэрэ сыкIуащ,
Си пщащэр згъэгуфIэну удз дахэхьэ.
Сэ куэдрэ гуфIэ нэпсхэр къысфIекIуащ,
Сыкъеджэу усэ удз къыщысIэщIалъхьэм.
Ар дауэ цIыхум и жьэм къыжьэдэукI:
«СяужькIэ, хуейми, удзи къремыкI…»
Уэшх къошх,
Е цыIэрылъхьэу уэсыр къос -
Ди щIылъэр щремыщIэ зэи удз дахэ!
Ажалыр - бжэм нэхъ благъэщ -
Хъумэ къэс - «Си ужьыр махуэ пхухъу…» -
БжызоIэ лъахэ.
Нэпсхэм я къыр
ТIуапсы къалэм ипщэрабгъукIэ
тенджыз ФIыцIэм и Iуфэм Iутщ
адыгэ хъыбарыжь куэд зэпха
«Нэпсхэм я къыркIэ» зэджэр.
Урищыхьэту си лъэпкъым и тхыдэм
ЛIэщIыгъуэ мащIэ уэ къэбгъэщIа?
ЗыкъыпхуратIэрэ къопыдж-къошхыдэу
Толъкъунхэм дапщэрэ уигу хагъэщIа,
«Нэпсхэм я къыр»,
«Нэпсхэм я къыр»!
ЖаIэ адыгэ бзылъхугъэм и нэпсу
Зэпымыужу къеткIуххэр уи нэкIу,
Уэ сыт хуэдиз къыптепсами дыгъэпсу,
Уи нэпс хуэгъэгъущкъым, нэхъ мыхъуми зы тIэкIу,
«Нэпсхэм я къыр»,
«Нэпсхэм я къыр».
Зэм тенджыз ФIыцIэм сфIощI уригъуджэ,
Зэм тенджыз Iуфэм уримыIуэху,
Толъкъун губжьахэм щIопщ зыхуагъаджэ,
Уэ умыгъыжу слъагъуну сэ щIэх,
«Нэпсхэм я къыр»,
«Нэпсхэм я къыр»?
Кхъухьыжьхэу дапщэм я бэракъ фIыцIэр
Уи натIэ гъуджэм ныбжьу къища,
«Нэпсхэм я къыру» къэнащи, уэ уи цIэр
Си гур хэбгъэщIу, нэху дапщэ бгъэща,
«Нэпсхэм я къыр»,
«Нэпсхэм я къыр»?
Адыгэ уанащIэхэр
Ди адэжьхэ, адыгэ уанащIэхэ,
Фи IэщIагъэр дапщэщ фыбгына?
Фи Iэзагъэр дуней псом къыщащIэти,
Iэмэпсымэр дэнэ къыщывна!
Ди лъэпкъ напщIэу адыгэш -
тхъуэжьейхэм
МэкIуэдыжыр жыфIэу, фытегъа?
Е Андемыркъан и къуэш шууейхэм
Хуэмыхуфэ ефплъу, фигу ебгъа?
Фи IэщIагъэм иIа пщIэр мымащIэ:
Шу зауэлIхэм лIыгъэр ядэфIыгът
Щхьэмыгъазэу бийхэр щыхагъащIэм…
Щыжеинум уанэр я пIэщхьагът.
ЗекIуэ кIуэм, хутефлъхьэрт уанэ махуэ,
Уанэр дамэт, джэгумэ шурылъэс.
Нэщхъеягъуэ къыщихъуами лъахэм,
Фи уанэгу щыхьэкIуэ шум ялъыст.
Фи зэманым фыкъригъэкIуэту,
ФщIар хэщIапIэ дэнэ деж дурэш?
Фи Iэ лэжьэрейхэр фхуэмыубыду
Къэхъукъэ фи IэщIагъэм щыхуэзэш?
Уанэ щIыныр щыщывгъэтыж махуэм
Псоми фэ зэхэфлъхьэу фи гурылъ,
Адыгэ уанащIэм Iуащхьэмахуэ
Фи IэщIагъэм хуэфщIагъэнщ фэеплъ.
1968
Уи цIэр Мадинэ хьэмэ Маринэ?
Зи ныбжьэгъу пэжыр зыфIэкIуэдауэ,
Сэ къуажи къали къызощ,
Махуэл симыIэу укъызолъыхъуэ,
Сыщыпхуэзэнур дапщэщ?
Хэтхэ узипхъур,
Хэт узишыпхъур,
Сэ си насып зыхэлъ?
Уи цIэр Мадинэ
Хьэмэ Маринэ?
Зэ закъуэ уэ къысхукъуэплъ.
НэкIукIэ зэкIужрэ хьэлкIэ гущыкIыу
Тетщ хъыджэбз Iэджэ дунейм,
Ахэм уащыщу укъыщIэкIыну,
Си тIасэ, сэ сыхуэмей.
Уэ укъэзгъуэтмэ, гъэмахуэ розэу,
Мы си гум зызэIуихынщ,
ИгъащIэ псокIэ сыарэзыуэ
Гум и IункIыбзэр уэстынщ.
Уи гум сэр папщIэ илъу зы хъуаскIэ
Уэ зыкъэзгъащIэ къудей,
Сыарэзыщ сэ зэхэдублэнкIэ
Ди хьэгъуэлIыгъуэр пщэдей.
Лъагъуныгъэр къандесджэгукъым
Мастэкъуаншэ щIыкIэу,
ЗэпэтIыгъщ къандес,
ЗэхуэдитI итщIыкIыу,
Дэ дызэбгъэдэсщ.
Лъагъуныгъэр, си псэ,
Ар мыкъандесджэгу,
ДыкъызэрыгъапцIэу
Дыздумыгъэджэгу.
КIэнфет нэхъ IэфIыр
Iэнэм къытыбох,
«Хэмыту, хэмыту», -
ЖысIэу къыпIызох.
Уэ сыкъэбгъэпцIэну
Iэмал къогупсыс,
Сэ ди лъагъуныгъэм
Щэхуу согупсыс.
Къандесыр сфIэпхьыныр
СыткIэ хьэлэмэт?!
Си гур сфIэпхьэхуащи,
Ар уи анэмэтщ.
НэкIуэж щэбэтым къуажэм
ЩегъафIэ и гум хэти
Щалъхуауэ и къуажэжь,
Химых ар и псэм хэлъми
И адэм и пщIантIэжь.
НэкIуэж щэбэтым къуажэм,
Сэ къуажэр сигу къэкIащ,
СыхущIэмыхьэу жысIэу,
Илъэсыр изгъэкIащ.
Бланэ щалъху йокIуэж,
Бланэ щалъху йокIуэж.
Уэ къыппежьэнщ уи анэр -
Насыпыр ар мыгуэшщ,
Къысхуэхъуу ади ани
Сэ къыспежьэнщ си къуэш.
Зы махуэм махуэ пытщэу
Ди гъащIэм аурэ хощI,
КIуэжыныр Iуэху тхуэмыщIу
Iыхьлым я жагъуэ дощI.
Iыхьлыхэри тлъагъунщи,
Зы джэгу дыкъыщыфэнщ,
Кхъуейжьапхъи едгъэщIынщи,
Махъсыми дыкъефэнщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "368.txt"
} |
Дунейм щыхъыбархэр
Махуибгъур
мылэжьэгъуэу щытынущ
Урысей Федерацэм Лэжьыгъэмрэ цIыхухэм IэнатIэ яIэнымкIэ и федеральнэ къулыкъущIапIэм хэIущIыIу ищIащ дызыхуэкIуэ накъыгъэ мазэм хиубыдэ махуэшхуэхэм зэрызыдгъэпсэхуну щIыкIэр. Нэхъ тэмэму жыпIэмэ, Гъатхэмрэ лэжьыгъэмрэ я махуэшхуэ накъыгъэм и 1-мрэ ТекIуэныгъэм и махуэ накъыгъэм и 9-мрэ нэмыщI, цIыхухэм къыхущIагъунухэр ягъэбелджылауэ аращ.
Накъыгъэм и япэ махуэ 12-м щыщу цIыхухэр зэрылэжьэнур махуитху къудейкIэщ – адрей махуибгъур мылэжьэгъуэу ягъэуващ: накъыгъэм и 1 – 5-хэм, иужькIэ накъыгъэм и 9 – 12-хэм дэсыну ягъэуващ.
«ЩIышылэм и 5 – 6 зыгъэпсэхугъуэ махуэхэр накъыгъэм и 2-мрэ и 3-мрэ, апхуэдэуи щэбэтым техуауэ щыта мазаем и 23-р накъыгъэм и 10-м къызэрагъэIэпхъуам и фIыгъэщ апхуэдизкIэ зэкIэлъыкIуэу цIыхухэр зэрыдэсынур», - жиIащ IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ Шкловец Иван.
Москва и унафэщIхэр махуэшхуэхэр гъэлъэпIэным зыхуэгъэхьэзырыным и пэ къихуэу егупсысащ цIыхухэм я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэща зэрыхъунум. Абы ехьэлIауэ ирагъэкIуэкIыну Iуэхухэм ящыщу къыхалъхьащ накъыгъэм и 1 – 3-хэм, и 9 – 10-хэм фадэхэкIхэмрэ абдж птулъкIэхэм ит псы зэмылIэужьыгъуэхэмрэ цIыху зэхуэсыпIэхэм пэгъунэгъу сату щIыпIэхэм щрамыгъэщэныр.
«ГуфIэгъуэ дауэдапщэхэр щекIуэкIкIэ хабзэр къыщызэпауд къэмыгъэхъунырщ, цIыхухэм шынагъуэншэу зегъэгъэпсэхунырщ Iуэхур зытетщIыхьар, апхуэдэ унафэ къыщытщтэм», - жаIащ къалащхьэм и администрацэм и лIыкIуэхэм.
Мадонни ирагъэблагъэ
Дызэрыщыгъуазэщи, уэрэджыIакIуэхэм я мыгъэрей зэпеуэр, 64-нэр, Израилым и Тель-Авив къалэм щекIуэкIынущ накъыгъэм и 14 - 18-хэм. Абы и къызэгъэпэщакIуэхэм цIыхухэм яфIэгъэщIэгъуэн хъун куэд дыдэ я пащхьэ къызэрырахьэнум шэч къыщIытепхьэн щыIэкъым. Псалъэм папщIэ, цIыхухэр зыщIэсыну унэм, уэрэджыIакIуэхэр къызэрыхьэну утыкум я мызакъуэу, езы къалэри къызэрымыкIуэу ягъэщIэрэщIэнущ. Телъыджэу ялъагъуну куэдыкIейм хабжэ зэпеуэр езыгъэкIуэкIынури - цIыхубз нэхъ дахэ дыдэу къалъытэхэм ящыщ Рафаэли Барщ утыкум итынур…
«Ди деж къакIуэ туристхэм дэ ядгъэлъагъунщ «зэи мыжей къалэ» жыхуаIэр зищIысыр. Мыбы махуэшхуэр жэщи махуи, сыхьэт 24-кIэ щекIуэкIынущ, ди паркхэмрэ дельфинариймрэ зэпымыууэ лэжьэнущ», - жиIащ Тель-Авив и администрацэм и пресс-IуэхущIапIэм и унафэщI Шмерлинг Гиди.
Илъэс къэси «Евровидение» зэпеуэр гуимыхуж махуэшхуэ мэхъу, цIыхухэр зыпэмыплъа гъэщIэгъуэн куэд къыщыхъуу. Мы гъэм ахэр къызэрыдахьэхыну я мурадхэм ящыщщ америкэ уэрэджыIакIуэ, дуней псом щыцIэрыIуэ Мадоннэ «Евровидение» зэпеуэм зыкъыщигъэлъэгъуэну зэрырагъэблагъэр. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, ар саугъэт нэхъыщхьэр къэхьыным щIэбэнынухэм яхэтынукъым, атIэ хьэщIэхэм ящыщ зыуэ уэрэд жиIэну аращ. А зэпеуэм зыкъригъэхьэлIэн папщIэ артисткэм доллар зы мелуан хуегъэлъагъуэ мелардырыбжэ Адамс Сильван икIи ар апхуэдэ уасэм арэзы техъуэну къалъытэ.
Нобэ
♦Хьэнтхъупсым и дунейпсо махуэщ
♦Китайм щагъэлъапIэ къабзагъэмрэ нэхугъэмрэ я махуэр
♦Къалмыкъ Республикэм и Конституцэм и махуэщ
♦Корее Ипщэм щагъэлъапIэ жыгхэр хэсэным и махуэр
♦Къэзахъстаным Iэпхъуэшапхъуэ Iуэхухэр зи нэIэ щIэт и полицэм и махуэщ
♦1241 гъэм Невский Александр и дзэм Чудскэ гуэлым и деж нэмыцэдзэр щызэтрикъутащ.
♦1905 гъэм Курп Ищхъэрэ къуажэм и мэкъумэшыщIэхэм зыкъаIэтащ.
♦1941 гъэм фашист Германиемрэ Италиемрэ я дзэхэр Югославиемрэ Алыджымрэ ятеуащ.
♦1941 гъэм СССР-мрэ Югославиемрэ Iэ традзащ зэныбжьэгъуным, зыр адрейм темыуэным теухуа зэгурыIуэныгъэм.
♦1942 гъэм Гитлер Адольф унафэ ищIащ и дзэхэм я къару нэхъыщхьэхэр Кавказым и щIыдагъэр зыIэрагъэхьэным хузэщIагъэуIуэу абыкIэ къаунэтIыну.
♦1943 гъэм ВКП(б)-м и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым и бюром унафэ къищтащ Бахъсэн ГЭС-р зэфIэгъэувэжыным теухуауэ.
♦1943 гъэм Налшык дагъэ щыщIахуу дэт завод №1-р зэфIагъэувэжащ.
♦1955 гъэм Инджылызым и премьер-министр къулыкъум текIащ Черчилль Уинстон. Ар илъэс 50-м щIигъукIэ политикэм хэтат.
♦1977 гъэм СССР-м къыщIэгъэкIын щыщIадзащ ВАЗ-2121 автомобилыр - «Нива» - зыфIащар.
♦1980 гъэм СССР-мрэ Афганистанымрэ я унафэщIхэм Iэ традзащ советыдзэм щыщ гупхэм я къулыкъур Афганистаным щрахьэкIыным теухуауэ.
♦1991 гъэм къызэрагъэпэщащ УФ-м и Дзэ-Хьэуа флотым и «Русские витязи» кхъухьлъатэ гупыр.
♦1992 гъэм Босниемрэ Герцеговинэмрэ къэралым унафэ къищтащ Югославием къызэрыхэкIым теухуауэ.
♦1993 гъэм УФ-м и Правительствэм и унафэкIэ къызэрагъэпэщащ «Лукойл» щIыдагъэ компаниер.
♦1908 гъэм къалъхуащ Австрием щыщ дирижёр цIэрыIуэ Герберт фон Караян.
♦1938 гъэм къалъхуащ совет актрисэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ Кустинская Наталье.
♦1956 гъэм къалъхуащ бзэщIэныгъэлI, филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, ЩIДАА-м и академик ПIаз Сергей.
♦1962 гъэм къалъхуащ Къалмыкъ республикэм и унафэщIу щыта, Дунейпсо шахмат федерацэм и президент Илюмжинов Кирсан.
♦1969 гъэм къалъхуащ урысей актрисэ, уэрэджыIакIуэ Блёданс Эвелинэ.
♦1976 гъэм къалъхуащ Урысей спортсменкэ, дуней псом боксымкIэ и чемпионкэ Рогозинэ Наталье.
♦1988 гъэм къалъхуащ Урысей биатлонист цIэрыIуэ, дунейми Олимп Джэгухэми я чемпион Волков Алексей.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 13 - 15, жэщым градуси 5 - 6 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
ФIыгъуэм я нэхъыщхьэр зэгурыIуэщ.
Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "369.txt"
} |
Нобэ
♦Урысейм и Дзэ щIыхьым и махуэщ - 1941 гъэм советыдзэхэм Москва деж нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэр щрагъэкIуэтыжу хуежьащ.
♦1936 гъэм СССР-м и етIуанэ Конституцэр къащтащ. Ар тхыдэм хыхьащ «Сталиным и Конституцэ» цIэр иIэу.
♦1936 гъэм КъБАО-р КъБАССР хъуащ.
♦1942 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и партизанхэр Лэскэн Езанэм щыIэ нэмыцэ быдапIэм теуащ, хэщIыныгъэшхуи иратащ.
♦1957 гъэм Ленинград деж псым щытрагъэхьащ «Ленин» мылкъутэ атом кхъухьыр.
♦Урыс усакIуэ, дипломат Тютчев Фёдор къызэралъхурэ илъэс 215-рэ ирокъу.
♦Америкэм и Штат Зэгуэтхэм щыщ кинорежиссёр, дуней псом щыцIэрыIуэ мультфильм куэд дыдэ тезыха Дисней Уолт къызэралъхурэ илъэси 117-рэ ирокъу.
♦Тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик, УФ-ми КъБР-ми щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Къумыкъу Тыгъуэн къызэралъхурэ илъэс 91-рэ ирокъу.
♦Физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик икIи и президент, РАЕН-м и академик, УФ-м, КъБР-м, КъШР-м, АР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Нэхущ Iэдэм и ныбжьыр илъэс 80 ирокъу.
♦Урысей актрисэ, УФ-м и цIыхубэ артисткэ Руслановэ Нинэ и ныбжьыр илъэс 73-рэ ирокъу.
♦Испанием щыщ оперэ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Каррерас Хосе и ныбжьыр илъэс 72-рэ ирокъу.
♦«Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист Жыласэ Заурбэч и ныбжьыр илъэс 58-рэ ирокъу.
♦УэрэджыIакIуэ, АР-м, КъБР-м, КъШР-м щIыхь зиIэ я артист Быщтэ Азэмэт и ныбжьыр илъэс 26-рэ ирокъу.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 4 - 6, жэщым градус 1 - 2 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Зауэ езыгъажьэ и щхьэ лажьэ хохуэж.
Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "37.txt"
} |
«Псынэм» лъагъуэ хеш
Налшык дэт гимназие №14-м иджыблагъэ IуэхугъуэщIэ щаублащ: абы адыгэбзэкIэ къыдэкIын щыщIидзащ «Псынэ» фIэщыгъэр зиIэ школ газет цIыкIум.
«Бзэр лъэпкъым и фIыгъуэщ, и налкъутналмэсщ. Адыгэхэр дызэрыгушхуэ а къулеигъэу лъэпкъым нобэм къихьэсар екIуу зехьэныр, хъумэныр, егъэфIэкIуэныр, ар зыIурылъ щIэблэ къэгъэтэджыныр ди къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ, - еджапIэм и унафэщI Жамборэ Риммэ и апхуэдэ псалъэхэр пэублэ хуэхъуащ «Псынэм» и езанэ номерым. - Ар и щхьэусыгъуэу ди еджапIэм дяпэкIэ къыщыдэдгъэкIынущ адыгэбзэкIэ тха газет. Си гуапэщ ди республикэм и еджапIэхэм ящыщу япэу ди школым адыгэбзэкIэ газет къыдэгъэкIыныр къызэрыдэхъулIар».
Гимназием и пашэм ныбжьыщIэхэр къыхуриджащ газетым и къыдэкIыгъуэхэм езыхэми я къару, зэфIэкI ирахьэлIэну. Абы традзэнущ школ гъащIэм теухуа хъыбархэр, сабийхэм я къалэмыпэм къыпыкIа сочиненэхэр, усэхэр, нэгъуэщI тхыгъэ цIыкIухэр.
«Псынэм» и япэрей къыдэкIыгъуэр хухихащ ди анэдэлъхубзэм епхауэ еджапIэм щекIуэкIа мазэ лэжьыгъэр къэгъэлъэгъуэжыным. Абы итщ адыгэхэм ятеухуа жыIэгъуэхэр, усэхэр, хъыбар гъэщIэгъуэнхэр. Газетым и 2 - 3-нэ напэкIуэцIхэр хухахащ зи гугъу тщIа мазэ лэжьыгъэм къриубыдэу школым щата дерс зэIухахэм, классщIыб лэжьыгъэхэм. Апхуэдэхэщ, къапщтэмэ, адыгэбзэр абы щезыгъэджхэу Хьэмырзэ Заретэ, Шыд Антонинэ, Батыр Марият, Табыщ Динарэ, Къудей Фаридэ, Пщыунэ Викторие, технологиемкIэ егъэджакIуэ Жыласэ Людмилэ сымэ ята дерсхэм ятеухуа тхыгъэ купщIафIэхэр, сурэт дахэхэр. «Псынэм» увыпIэ щагъуэтащ лъэпкъ IуэрыIуатэм, адыгэ шхыныгъуэхэм, еджакIуэхэм я къалэмыпэм къыпыкIа усэ цIыкIухэм.
Экземпляр 50-м щIигъуу къыдэкIа езанэ номерыр игъэхьэзыращ адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэ Табыщ Динарэ. Ар гимназием и тхылъ тедзапIэм щытрадзащ.
ЛъагъуэщIэ хэзыша «Псынэ» цIыкIум дохъуэхъу угъурлыуэ куэдрэ «къыщIэжыну», и псы къабзэ жьгъырум дэусэн щIэблэ дахэ куэди еджапIэм къыдэхъуэну.
ЖЫЛАСЭ Маритэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "370.txt"
} |
«Притон» Iуэхур ирагъэкIуэкI
КъБР-м щыIэ МВД-м Наркотикхэр зэрызэрагъэкIуэкIым кIэлъыплъынымкIэ и управленэм (УНК) и лэжьакIуэхэм яубла «Притон» Iуэхур теухуащ афиян зэхьэлIапIэхэр къыщызэрагъэпэщ е щагъэлажьэ щыIэмэ, наркотикхэкIхэр щызрахьэлIэн папщIэ я пэшхэр бэджэнду зыт цIыхухэр къыщIэгъэщыным.
2019 гъэм гъатхэпэм и 27-м Налшык къалэ и Осетинскэ уэрамым тет унэр къыщащым къагъуэтащ мастэ, хьэкъущыкъу зэхуэмыдэу наркотикхэкI къызэрынахэр. ИрагъэкIуэкIа химие экспертизэм щIигъэбыдащ ахэр наркотикхэкI пкъыгъуэу зэрыщытыр.
Щыхьэтхэр щыту, унэр зейм зиумысыжащ хабзэхъумэхэм къагъуэта шприцхэр наркотикхэкIхэр зрахьэлIэн папщIэ езымрэ и ныбжьэгъуитIымрэ къызэрагъэсэбэпамкIэ.
Ахэр нэхъапэми мызэ-мытIэу полицейхэм къапэщIэхуат: зэныбжьэгъуищым блэнейрэ суд тращIыхьащ, наркотик зэрызэрахьэм къищынэмыщIауэ, дыгъуэн, хъунщIэн IуэхухэмкIэ къыщIэхуати.
Полицэм и къалэ управленэм и лэжьакIуэхэм унафэ къащтащ унэр зейм теухуа уголовнэ Iуэху къаIэтыну УФ-м и УК-м и 231-нэ статьям и 1-нэ Iыхьэм ипкъ иту (притонхэр къызэгъэпэщын е наркотикхэкIхэр, акъылыр зыгъэутхъуэхэр щызрахьэлIэн щхьэкIэ пэшхэр хуит яхуэщIын). Апхуэдэхэм илъэсиплI тезыр тралъхьэнкIэ хъунущ.
КъБР-м щыIэ МВД-м и пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "371.txt"
} |
ЩIэдзапIэ дахэ зиIа Мэжджыхь Эдуард
Адыгэр дызэрыгушхуэн спортсмен куэд диIэщ. Дуней псом къыщацIыху Олимп чемпионхэу Шыхъуэ Борис, Чыржын Мухьэрбий, Ахэмын Еленэ, Къардэн Мурат, Хъущт Аслъэнбэч, Мудрэн Беслъэн сымэ, Махуэ Билал къыхэзыгъэщIэфын бэнакIуэ иджыпсту ЩIы хъурейм теткъым… Дэтхэнэм и цIэр къипIуэн?! А щIалэ, хъыджэбз ахъырзэманхэм я лъэужь дахэм иуват Зеикъуэ щыщ штангист Iэзэ Мэжджыхь Эдуард.
1989 гъэм щIышылэм (январым) и 19-м Зеикъуэ къуажэм къыщалъхуа Мэжджыхь Эдуард спортым дезыгъэхьэхари, атлетикэ хьэлъэм хэзышари и япэ гъэсакIуэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэдщ. Тренер цIэрыIуэм занщIэу гу лъитащ а щIалэщIэм къэкIуэну дахэ зэриIэм икIи и зэманрэ къарурэ емыблэжу дэлэжьащ. Гугъуехьхэмрэ пщIантIэпсымрэ псыхэкIуадэ хъуакъым. Щалъхуа Зеикъуэ къуажэм къищынэмыщIауэ, абы дунейпсо утыкум я пщIэр къыщиIэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрми Урысей Федерацэми.
Псом хуэмыдэу Мэжджыхьым хуэугъурлащ 2009 гъэр. А илъэсым къриубыдэу къэралым и Кубокыр балигъхэм я зэхьэзэхуэм къыщихьащ, къыкIэлъыкIуэу илъэс тIощI мыхъуахэм я зэпеуэм дунейпсо, европэпсо чемпион щыхъуащ. Нобэ нэхъ зыубгъуауэ дытепсэлъыхьынщ Эдуард атлетикэ хьэлъэм щызыIэригъэхьа ехъулIэныгъэ инхэм.
Осетие Ищхъэрэ - Аланием - Урысейм и Кубокыр
Ди гъунэгъу Осетие Ищхъэрэ - Аланием Мэжджыхь Эдуард япэ дыдэу балигъхэм я зэхьэзэхуэм 2009 гъэм щыхэтащ. Гъатхэпэ (март) мазэм атлетикэ хьэлъэмкIэ Урысей Федерацэм и Кубокыр зыIэрыгъэхьэным теухуауэ Владикавказ щекIуэкIа зэпеуэм абы лейуэ зыхуигъэхьэзыракъым: илъэсипщI хъуауэ и тренер ХьэфIыцIэ Мухьэмэд хуейт ныбжькIэ япэ къит лIы хьэзырхэм и гъэсэныр зэрахэзагъэм кIэлъыплъыну. АрщхьэкIэ, Мэжджыхьыр балигъхэм яхэплъа къудейкъым, атIэ, зыри щымыгугъауэ, гугъу емыхьыщэу ахэр иригъэкIуэтэкIащ.
Килограмми 105-рэ зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм абы тIэу бгъэдыхьэгъуэм килограмм 400 къыщиIэтащ. Ар килограммибгъукIэ ефIэкIащ иужь къитам.
Апхуэдэ ехъулIэныгъэр куэдым телъыджэ къащыхъуащ, псом хуэмыдэу IэщIагъэлIхэм. Ар зэрымыщIэкIэ къэхъуауэ къызыщыхъуахэм мазитI-щы нэхъ дэмыкIыу тобэ къахьыжын хуей хъуащ: Урысей Федерацэм и ныбжьыщIэ командэ къыхэхам хэту Мэжджыхьым ехъулIэныгъэ инхэр къыкIэлъыкIуэу зыIэригъэхьащ.
Румынием - Дуней псом и дыщэр
Мэкъуауэгъуэ (июнь) мазэм Румынием щекIуэкIа зи ныбжьыр илъэс 23-рэ мыхъуахэм атлетикэ хьэлъэмкIэ я дунейпсо чемпионатым куэдкIэ пэплъэрт икIи ерыщу зыхуигъэхьэзрат Зеикъуэ щыщ пелуаным. Дауи, ар пщIэншэ хъуакъым.
Аргуэру ар зыхэтар килограмми 105-рэ зи хьэлъагъхэм я зэпеуэрщ. Абы щытекIуэхэращ атлетикэ хьэлъэм и «пащтыхьхэр».
Ди лъахэгъу щIалэм къыпэхъун Румынием щыIакъым. Ар рывокымкIи толчокымкIи и хьэрхуэрэгъу псоми ефIэкIащ икIи, зыми шэч къытримыгъэхьэу, пашэныгъэр иубыдащ. ЖыпIэну ирикъунщ Мэжджыхьым и ныкъуэкъуэгъу нэхъыщхьэ Украинэм къикIа Тагиров Сергей адыгэ щIалэм килограмм 21-кIэ къызэрыкIэрыхуар! Тренер цIэрыIуэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и гъэсэным псори зэхэту килограмм 395-рэ къиIэтащ (рывокым кг 175-рэ, толчокым кг 220-рэ). ЕтIуанэ хъуа украин щIалэм хутечар килограмм 374-рэщ (173+201).
Мэжджыхь Эдуард къищынэмыщIа, Румынием щекIуэкIа дунейпсо зэпеуэм Урысей Федерацэм дыщэ медаль къыщыхуэзыхьыфар иджыри зы щIалэ закъуэщ. Абы ипкъ иткIэ ди къэралым и командэ къыхэхам зэхьэзэхуэм щиубыдар етIуанэ увыпIэрщ, Китайм и штангистхэм пашэныгъэр иригъэхьри.
Гуапэ дыдэ тщыхъуащ зэхьэзэхуэр иуха иужькIэ, Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам и тренер нэхъыщхьэ Сырцов Сергей «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд телефонкIэ къепсалъэу и къуэшым и гъэсэным и текIуэныгъэмкIэ къызэрехъуэхъуар. Абы фэрыщIагъ лъэпкъ химылъхьэу къыхигъэщащ Мэжджыхь Эдуард щIалэ бланэм къыщымынэу, гъэсауэ, нэмыс лъагэ бгъэдэлъу зыкъызэригъэлъэгъуар икIи псоми пщIэшхуэ къызэрыхуащIыр.
Швецием - Европэм и чемпионыгъэр
Дуней псом и чемпион ухъуамэ, сыт нэгъуэщI ухуей?! Зыгъатхъэ, зыгъэпсэху! АрщхьэкIэ Мэжджыхь Эдуардрэ абы и тренер ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ здынэсам къыщыувыIэ цIыхутэкъым - ахэр лъагапIэщIэхэр зи плъапIэт. Пэжщ, иужькIэ Швецием и Пандскруне къалэм щекIуэкIа европэ чемпионатыр дуней псом и мыхьэнэм хуэдэ хъуркъым, арщхьэкIэ, дэтхэнэ зэпеуэми щытекIуэныр спортсменым и лъым хэпща хъун папщIэ, ари гъэхутапIэ нэсщ. КъищынэмыщIауэ, дуней псом и чемпион цIэр зыIэщIэлъым и зэфIэкIым апхуэдэ зэхьэзэхуэхэм шэч къыщытригъэхьэ хъунукъым.
Мазэрэ ныкъуэрэ и пэкIэ Румынием щекIуэкIа дунейпсо чемпионатым щытекIуа адыгэ щIалэм Швециеми къыщыпэлъэщын къыкъуэкIакъым. Абыи Мэжджыхь Эдуард и хьэрхуэрэгъу псори къыщызэринэкIащ икIи гугъу зримыгъэхьыщэми хъуащ: Европэм и дыщэ медалыр къихьын папщIэ тIэу бгъэдыхьэгъуэм къиIэта килограмм 381-р ирикъуащ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, Владикавказ - килограмм 400, Бухарест килограмм 395-рэ къыщиIэтат икIи, хуей хъуамэ, абыхэми щхьэщыкIыфынут. АрщхьэкIэ къарури зэгъэзэхуэн хуейт. Псом хуэмыдэу илъэс тIощI фIэкIа уи ныбжьыр щымыхъум и деж - зэхьэзэхуэ ин куэд иджыри абы къыпэплъэрт.
Швецием ныкъуэкъуэгъу нэхъыщхьэу щиIа латыш щIалэ Плесниекс Артурс Мэжджыхьым килограммипщIкIэ къыкIэрыхуащ. Ещанэ увыпIэр къэзыхьа Украинэм икIа Тагиров Сергей къыхуэIэтар килограмм 370-рэщ. А бжыгъэхэм къагъэлъагъуэрт адыгэ щIалэм зыри гъунэгъуу зэрызыбгъэдимыгъэхьэр икIи, хуей хъумэ, адэкIи зэрызэричыфынур.
Олимп джэгухэр и плъапIэт
Спортым щича япэ лъэбакъуэхэм щегъэжьауэ Эдуард зи нэIэм щIэт тренер гъуэзэджэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и гъэсэныр текIуэныгъэ нэхъ иныжхэм хуигъэушырт. Абыхэм я плъапIэ нэхъыщхьэр 2012 гъэм Лондон щекIуэкIыну Олимп джэгухэрат.
«Си хъуэпсапIэщ Инджылызым щекIуэкIыну Олимпиадэм сыкIуэу, абы текIуэныгъэр щызыIэрызгъэхьэну», - къыджиIат а лъэхъэнэм Мэжджыхьым. Ар къехъулIэн папщIэ абы зыхуей псори иIэт. Гу лъыптэну урикъунт ягъэува хабзэм илъэситIкIэ япэ иту Мэжджыхь Эдуард спортым и мастер илъэс пщыкIуплI ныбжьым зэрыхъуам, и ныбжьыр илъэс тIощI щрикъум спортымкIэ дунейпсо классым и мастеру зэрыщытам. Апхуэдэ къежьапIэ зиIэм Олимп лъагапIэр и Iэрылъхьэу щытын хуейт.
АрщхьэкIэ спортым езым и хабзэ ткIий иIэжщ - сыт хуэдэ щхьэусыгъуэм къыхэкIыу зэ урагъэкIуэтэкIамэ, зыкъэужьыжыгъуейщ. Утыкур зэ зыубыдам, ар зэи фIырыфIкIэ къуитыжынукъым.
2009 гъэм иужькIи Мэжджыхьым иджыри ехъулIэныгъэ зыбжанэ иIащ. Къапщтэмэ, къыкIэлъыкIуэ илъэсым Урысей Федерацэм и II Гъэмахуэ Спартакиадэм дыщэ медалыр къыщихьащ. АрщхьэкIэ мыгувэу фэбжь хьэлъэ игъуэтри, Олимп джэгухэм ехьэлIа и хъуэпсапIэхэр мыгъэзэщIауэ къэнащ.
Эдуард куэд ишэчащ и узыншагъэр зэфIигъэувэжу зэхьэзэхуэхэм хыхьэжыфын папщIэ. ИкIи ар абы къехъулIащ. 2012 гъэм и щэкIуэгъуэ мазэм Тель-Авив (Израилым) щекIуэкIа Студентхэм я дунейпсо чемпионатым япэ увыпIэр щиубыдри, дыщэ медалыр къыщихьащ. Эдуард хузэфIэкIат двоеборьем килограмм 402-рэ къыщиIэтын (рывокым килограмми 180-рэ, толчокым килограмм 222-рэ). Ар абы и щхьэзакъуэ рекордт! Езы Мэжджыхьми, и тренерхэми, и ныбжьэгъухэми гуфIэгъуэшхуэр зэрахьэрт икIи къащыхъуат Iей псори лъэныкъуэ езауэ. АрщхьэкIэ, игъуэта фэбжьым аргуэру зыкъригъащIэ щыхъум, хуабжьу фIыуэ илъэгъуа хьэлъэ къэIэтыныр щIалэ дыдэу, и псы къэжэгъуэу щигъэтын хуей хъуащ.
Пасэу хэкIыжами, спортымкIэ дунейпсо класс зиIэ мастер Мэжджыхь Эдуард лъэужь дахэ атлетикэ хьэлъэм къыхинащ. Зэуэ къызэщIэлындэу и вагъуэр спортым щыункIыфIыжами, ар куэдым фIыкIэ ягу къинащ икIи щIэблэр гъэсэнымрэ псыхьынымрэ нобэ и къару псори хелъхьэ.
Жыласэ Заурбэч.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "372.txt"
} |
КъызыхэкIа и лъэпкъым зэрызыкъиужьыжар и лъабжьэу
Гъуазджэ
Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм щагъэлъагъуэ УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм, ХудожествэхэмкIэ дунейпсо академием хэт, скульптор, сурэтыщI Ахматов Леуан и лэжьыгъэхэр. Ар къызэрагъэпэщащ абы и ныбжьыр илъэс 60 щрикъум ирихьэлIэу.
КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и секретарь Къаныкъуэ Жаннэ выставкэр къыщызэIуихым къыхигъэщащ Ахматов Леуан гъуазджэм зэфIэкI ин зэрыщиIэм къыдэкIуэу уси зэритхыр, сурэт щIыным ныбжьыщIэхэр зэрыхуигъасэр, абыхэм я лэжьыгъэ хьэлэмэтхэри музейм и ещанэ пэшым зэрыщагъэлъагъуэр.
Беппаев МутIалип зи унафэщI КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм къыбгъэдэкI щIыхь тхылъыр Ахматов Леуан тыгъэ щыхуищIым къыхигъэщащ гъуазджэр фIыуэ зылъагъухэр абы и зэфIэкIхэм зэрыригушхуэр, тхыдэр къыщигъэлъэгъуэжа и лэжьыгъэхэр зэрыуасэншэр, абыхэм гукъэкIыж куэд «къызэратIэщIыжыр».
«Минги Тау» журналым и редактор нэхъыщхьэ Додуев Аскэр и гуапэу жиIащ Ахматовым зыми емыщхь дуней лъагъукIэ, хъэтI, гупсысэкIэ зэриIэжыр, и Iэдакъэ къыщIэкIа усэхэр я къыдэкIыгъуэм и напэкIуэцIхэм зэрытрадзэр, абыхэм щIэупщIэ зэраIэр. Апхуэдэу Додуевым щIигъужащ сурэтыщIым Кулиев Къайсын хуищIа фэеплъхэр Азербайджаным, Тыркум, нэгъуэщI къэралхэм зэрыщагъэувар.
Къалмыкъым и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Даржиев Виктор Ахматов Леуан тыгъэ хуищIащ я республикэм ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм къыбгъэдэкI фIыщIэ тхылъыр, сурэтыщI гъуазджэм и зыужьыныгъэмрэ лъэпкъ зэныбжьэгъугъэр гъэбыдэнымрэ яхуищI хэлъхьэныгъэфIхэм папщIэ. ХьэщIэр къытеувыIащ ахэр ныбжьэгъу зэрызэхуэхъуам, выставкэми и гуапэу зыкъызэрыригъэхьэлIам.
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэ МВД-м щIыналъэ къудамэм и тхыдэ музейм и унафэщI Черновэ Алёнэ Ахматовым ехъуэхъуащ и юбилей гъэлъэгъуэныгъэр къызэрехъулIамкIэ икIи щIыхь тхылъыр тыгъэ хуищIащ. Абы сурэтыщIым жриIащ и Iэдакъэ къыщIэкIа лэжьыгъэхэм я музейр зэригъэдахэр.
Зэхыхьэм къыщыпсэлъащ Ахматовым и лэжьэгъу икIи и ныбжьэгъу коллекционер цIэрыIуэ Хаджиев Даниял. КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI КIыщ Мухьэдинрэ абы и щхьэгъусэ Мосс Жаклинрэ Испанием къикIыу къыхуагъэхьа хъуэхъум зэIущIэм къыщеджащ. Телевиденэм и лэжьакIуэ Малкаровэ Каринэ зэхыхьэм къекIуэлIахэм гъэхуауэ къахуеджащ Ахматов Леуан и зы усэ.
«Разговор» зи фIэщыгъэ гъэлъэгъуэныгъэм зыкърезыгъэхьэлIахэм щIэщыгъуэ ящыхъуащ сурэтыщIым и живопись, графикэ лэжьыгъэхэр. Абыхэм къыщыгъэлъэгъуэжащ щIыуэпсыр, тхыдэ фэеплъхэр, лъэпкъ щэнхабзэм щыщ тхыпхъэхэр, фащэхэр. Сурэтхэм лъабжьэ яхуэхъуащ балъкъэрхэм я тхыдэм щыщ Iыхьэхэр, ахэр я щIыналъэм щрагъэIэпхъукIам яшэча гузэвэгъуэр. И лъэпкъэгъухэр къызэрыщIэрэщIэжам, зэрызыкъаужьыжам теухуа сурэт зыбжани выставкэм хагъэхьащ.
Гъуазджэм щиIэ зэфIэкIхэр къалъытэри Ахматовым хуагъэфэщащ КъБР-м и Къэрал саугъэтыр, Мечиев Кязимрэ Лермонтов Михаилрэ я цIэкIэ щыIэ медалхэр, Ингуш Республикэм и «Дыщэ дамыгъэр», нэгъуэщIхэри.
Леуан фIыщIэ яхуищIащ выставкэм зыкърезыгъэхьэлIэу хъуэхъухэмрэ псалъэ гуапэхэмрэ къыхужызыIахэмрэ, и IэдакъэщIэкIхэм дихьэх псоми.
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "373.txt"
} |
Щэнхабзэм цIыхухэр зэпещIэ
Зэпеуэхэр
Гъатхэпэм и 25-26-хэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм щекIуэкIащ «Нальчик-подкова счастья» фIэщыгъэм щIэту Арткомитетым къызэригъэпэща еханэ дунейпсо зэпеуэ. Ар хуэгъэпсат лъэпкъ щхьэхуэныгъэхэр хъумэным, лъэпкъхэм яку дэлъ зэныбжьэгъугъэр гъэбыдэным, ди республикэр Урысей Федерацэм, хамэ къэралхэм фIы и лъэныкъуэкIэ къыщегъэцIыхуным. Абы хэтащ Абхъазым, Армением, Мысырым, Сирием, Африкэм щыщ къэралхэм, Астрахань, Волгоград къалэхэм я творческэ гупхэмрэ, уэрэджыIакIуэ щхьэхуэхэмрэ.
ЮНЕСКО-м хэт, Дунейпсо Арткомитетым и унафэщIым и къуэдзэ, академик Бейтыгъуэн Iэуес зэIущIэр къыщызэIуихым къыхигъэщащ мы зэпеуэр 2019 гъэм ЮНЕСКО-м игъэпса программэм зэрыхэхуар. Ар щыхьэт тохъуэ абы иIэ и мыхьэнэ лъагэм.
Дунейпсо, Урысей Арткомитетхэр зэрылажьэ пIалъэм къриубыдэу лъэпкъ щэнхабзэхэр екIуу, зэхэзагъэу утыку кърахьэ, ауэ щыхъукIи, щхьэж хэлъ щхьэхуэныгъэр зэрихъумэным хущIэкъу зэпытщ. А IуэхущIапIэм и фIыгъэкIэ илъэс 27-м нэблэгъауэ дунейпсо, урысей, хэгъэгу дауэдапщэхэр екIуу къызэрагъэпэщ. Къэрал властыр, щIыпIэ самоуправленэр, лъэпкъ-щэнхабзэ центрхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэр зэпыщIэнымкIэ, зэдэгъэлэжьэнымкIэ а IуэхущIапIэр къызэрымыкIуэу сэбэпышхуэ мэхъу.
Зэпеуэм и къэпщытакIуэ гупым Iуэху ин къапэщытт икIи унэтIыныгъитхукIэ - къафэмкIэ, уэрэд жыIэнымкIэ, модэм и театрымкIэ, нэIурыт гъуазджэмкIэ, макъамэ Iэмэпсымэхэр зэрагъэбзэрабзэмкIэ - абы хэтхэр ягъэунэхун хуейт.
КърихьэлIахэм папщIэ къызэрагъэпэща мастер -классхэм, стIол хъурейхэм, творческэ зэIущIэхэм, зэныбжьэгъуныгъэм и пшыхьхэм къахуэщхьэпэн куэд щIэуэ къыщащIащ.
- Мы зэпеуэм икъукIэ тфIэгъэщIэгъуэну дыхэтащ. Абы и фIыгъэкIэ дахуэзащ хамэ къэралхэм, нэгъуэщI хэгъэгухэм щыщ ди лэжьэгъухэм, КъБР-м ис лъэпкъхэм я хабзэмрэ щэнхабзэ беймрэ нэIуасэ захуэтщIащ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыпIэ дахэхэр зэдгъэлъэгъуащ, - жиIащ Дагъыстэным къикIа гупым я унафэщI, оперэмрэ балетымкIэ Дагъыстэн къэрал театрым и дирижёр, Кавказым и музыкэ саугъэт нэхъыщхьэ «Золотой микрофон» - р зыхуагъэфэща Бабичев Николай.
Адыгейм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, педагогикэ щIэныгъэхэм я доктор Сергеевэ Пелагея къыхигъэщащ Арткомитетым щэнхабзэхэр зэрызэпищIэн Iэмал гъэщIэгъуэнхэр къызэрилъыхъуэр икIи къызэригъуэтыр. Комитетым и унафэщIым и къуэдзэ Бейтыгъуэн Iэуес и фIыгъэкIэ илъэс зыбжанэ хъуауэ къызэрыхалъхьэр хэгъэгум исхэр зэлъэщIызыгъэIэс проект гъэщIэгъуэнхэр.
- Мыпхуэдэ зэIущIэхэр щIэблэм я творческэ зэфIэкIыр къэгъэушынымрэ зегъэужьынымкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэщ. А унэтIыныгъэмкIэ дгъэтIылъ лъабжьэр абыхэм сэбэпышхуэ яхуэхъунущ. Апхуэдэуи лъэпкъхэм я зэдэлэжьэныгъэм и щапхъэфIу къысщохъу мы зэхыхьэхэр, - жиIащ Абхъазым къикIа гупым я унафэщI Малия Астамур.
Зэпеуэм хэтахэм я цIэкIэ къэпсэлъащ Ингуш Республикэм я Композиторхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ, Урысейм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шадыжевэ Фаризэ икIи Налшык щагъэкIуа гуимыхуж махуэхэм папщIэ къызэгъэпэщакIуэхэм фIыщIэ ин яхуищIащ.
- Дэ сыт щыгъуи дыхэтщ Арткомитетым Налшык, Сочэ, Владикавказ къалэхэм, Италием, Франджым къыщызэригъэпэщ зэпеуэхэм. Хьэкъыу дощIэ къэпщытакIуэхэм нэфI-ней зэрызэрамыхьэр икIи аращ нэхъыбэу дыщIытегушхуэр. Налшык Урысейм и щэнхабзэ центру иджыри куэдрэ щытыну ди гуапэщ, - жиIащ абы.
Зэпеуэм и кIэухыу къызэрагъэпэща нэгузегъэужь концертым текIуахэм дыщэ медалхэмрэ щIыхь, фIыщIэ тхылъхэмрэ щратыжащ. Щежьэжым хьэщIэхэм жаIащ я псэм щыщ Iыхьэ ди республикэм къызэрыщагъанэр икIи, Iэмал яIэмэ, иджыри ди щIыпIэхэм къытрагъэзэжыну зэрыщIэхъуэпсыр.
Тэрчокъуэ Дисэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "374.txt"
} |
ЩIэупщIэ зэриIэнум шэч хэлъкъым
УФ-м и ТхакIуэхэми Журналистхэми я зэгухьэныгъэхэм хэт, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, «Минги Тау» журналым прозэмкIэ и къудамэм и унафэщI, зи тхыгъэхэр курыт еджапIэхэмрэ еджапIэ нэхъыщхьэхэмрэ щадж Шаваев Хьэсэн и «Волны жизни» тхылъыр иджы дыдэ къыдэкIащ.
Шаваев Хьэсэн и Iэдакъэ къыщIэкIащ повестхэр, романхэр, Iуэтэжхэр, усэхэр, публицистикэ тхыгъэхэр. Балъкъэр литературэр куэду игъэбеящ абы и «Шрам от ожога», «Открой двери - это я», «Глаза земли», «Последний день недели», «Памятник живого человека», «Повесть, найденная в сундуке», «Неволя» тхыгъэхэм, «Многоликая жизнь», «Собачья свора» романхэм.
ТхакIуэр жыджэру йолэжь и тхыгъэхэр щызэхуэхьэсахэр къыдэгъэкIыным. НэхъапэIуэкIэ дунейм къытехьащ абы и «Голоса матерей», «Потомки Акбая» тхылъхэр. «Волны жизни» къыдэкIыгъуэм хигъэхьащ нэгъуэщI тхакIуэхэм я тхыгъэхэу балъкъэрыбзэкIэ зэридзэкIахэр, и очеркхэр, гукъэкIыжхэр, Iуэтэжхэр, усэхэр. Абы и япэ Iыхьэм хэхуащ урыс, адыгэ тхакIуэхэм я Iэдакъэ къыщIэкIахэм ящыщу балъкъэрыбзэм къригъэзэгъахэр. Апхуэдэхэщ Гоголь Николай и «Тарас Бульба» повестым щыщ пычыгъуэр, Хетагуров Коста и «В горах», Чахкиев Саид и «Краюха хлеба», Болтыханов Фёдор и «Пленник», Павлов Михаил и «Белые тени», ХьэхъупащIэ Амырхъан и «Журавлинная сказка», Мэзыхьэ Борис и «Тёплые (нежные) руки», «Стул старика», «Был и у меня друг», Нало Ахьмэдхъан и «Девочка-солдат», Къармокъуэ Мухьэмэд и «Тёплый хлеб», МафIэдз Сэрэбий и «Сватовство», Хьэх Сэфарбий и «Ожидание», Гъэунэ Борис и «Верю, мой отец жив», «В ожидании гостя», Тхьэмокъуэ Барэсбий и «Странная свадьба» Iуэтэжхэр, Хъупсырджэн Хьэмидбий «Хара-Кора» хъыбарыр, Шинкубэ Бэгъратрэ («Очаг») Теунэ Хьэчимрэ («Род Шогемоковых») я романхэм щыщ пычыгъуэхэр, нэгъуэщIхэри.
Шаваев Хьэсэн къыдэкIыгъуэм хигъэхьа гукъэкIыжхэм къыщигъэлъэгъуэжащ балъкъэр лъэпкъыр я щIыналъэм щрагъэIэпхъукIам къыдэгъуэгурыкIуа цIыхухэр, и лъэпкъэгъухэр щхьэхуитыныгъэм зэрыхуэпэбгъар, къалъыса гузэвэгъуэм химыгъащIэу зэрызахъумэжар, къызэрыщIэрэщIэжар. Тхылъым хигъэхьащ Балъкъэр, Къэбэрдей къэрал драмэ театрхэм я артистхэм я лэжьыгъэ нэхъыфIхэм ятеухуа и тхыгъэхэр, нэгъуэщIхэри. Балъкъэр литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа, лъэпкъыр зэрыгушхуэ усакIуэхэу Мечиев Кязимрэ Кулиев Къайсынрэ ехьэлIа гукъэкIыж гуапэхэр къыдэкIыгъуэм къыщывгъуэтынущ.
НэхъапэIуэкIэ дунейм къытехьахэми хуэдэу, «Волны жизни» тхылъми щIэупщIэ зэриIэнум шэч хэлъкъым.
БЖЬЫХЬЭЛI Розэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "375.txt"
} |
Ахъшэ нэпцIхэр ирагъэкIырт
2018 гъэм шыщхьэуIум и 21-м Урысей МВД-м и управленэу Налшык щыIэм и плъыр частым къэпсэлъащ Суворовым и цIэр зезыхьэ уэрамым тет тыкуэнхэм ящыщ зыр зейр.
ХьэрычэтыщIэм зэрыжиIамкIэ, щIалэ гуэр зэрыщэхуа сом мини 5-м шэч уегъэщI.
КъыкIэлъыкIуэ махуэм апхуэдэ IуэхукIэ полицэм зыхуигъэзащ Осетинскэ уэрамым тет тыкуэныр зыгъэлажьэм, абыи бзаджащIэм щригъэкъутат сом минитху.
Ар къыщыхъуа щIыпIэхэхэм кIуа полицейхэм ахъшэхэр къащтащ экспертизэм ирагъэхьыну.
ЗэрыкIэлъыплъ камерэхэм ятхам щеплъыжым, хабзэхъумэхэм къалъэгъуащ Суворовым тет тыкуэным щыщэхуар ВАЗ-2109 автомашинэм, нэгъуэщI цIыхухъу зэрысым, зэритIысхьэжар.
Республикэ МВД-м Экономикэ шынагъуэншагъэмрэ коррупцэм пэщIэтынымкIэ и управленэм и лэжьакIуэхэм яубзыхуащ шэч зыхуащIхэр. Ахэр нэхъапэм суд зытращIыхьахэу илъэс 26-рэ хъу бахъсэндэсымрэ Аруан районым щыпсэу илъэс 30 зи ныбжьымрэт. Хабзэхъумэхэм гъэпцIакIуэхэр яубыдащ. Абыхэм я автомашинэхэмрэ унэхэмрэ къыщащым, зэрынэпцIыр къызытещ сом мини 5 банкнотэ 77-рэ къыщIахащ.
Экспертизэм щIигъэбыдащ ахъшэхэр зэрынэпцIыр, яубыдахэми заумысыжащ.
КъБР-м щыIэ МВД-м СледствэмкIэ и управленэм а цIыхухъуитIым ехьэлIа уголовнэ Iуэху къаIэтащ УФ-м и Уголовнэ кодексым и 186-нэ статьям и 1-нэ Iыхьэм ипкъ иткIэ икIи, абы къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, илъэсий тезыру тралъхьэнкIэ хъунущ.
Зэрагъэкъуаншэм теухуа тхылъхэр Налшык къалэ судым ирагъэхьащ.
УАРДЭ Жантинэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "376.txt"
} |
ЕтIуанэу къытригъэзэжащ
Урысей МВД-м и къудамэу Лэскэн районым щыIэм и участковэ уполномоченнэхэм я нэIэм щIэт административнэ щыпIэр къыщызэхакIухьым къыщIагъэщащ Хьэтуей къуажэм Лениным и уэрамым тет унэр зей къуажэдэсым езыр-езыру газ кIуапэм бжьамий пидзауэ.
Нэхъапэми а цIыхухъур административнэ жэуапым ирашэлIауэ щытащ апхуэдэ IуэхукIэ.
Хабзэм ебэкъуам теухуа уголовнэ Iуэху къаIэтащ. Ар ягъэпшынэнущ е илъэситIкIэ ягъэтIысынкIэ хъунущ.
КъБР-м щыIэ МВД-м и пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "377.txt"
} |
Комисcэм и зэIущIэ
Урысейм Тезырхэр егъэпшынынымкIэ и федеральнэ къулыкъум и IуэхущIапIэу КъБР-м щыIэм и цIыхубз колоние №4-м щекIуэкIащ административнэ комиссэм и зэIущIэ. Абы щыхэплъащ суд зытращIыхьахэр и пIалъэр къэмысу яутIыпщыжыным, ямыпшына тезырыр нэхъ щабэкIэ зэрахъуэкIыным.
Комиссэм и лэжьыгъэм хэтащ КъБР-м и жылагъуэ-кIэлъыплъакIуэ комиссэм и лIыкIуэ Бырмамыт Iэуес, Муслъымэнхэм я дин IуэхущапIэм и унафэщIым и дэIэпыкъуэгъу Амщокъуэ Анджелэ, КъБР-м ЦIыхум и хуитыныгъэмкIэ и уполномоченнэм и аппаратым и чэнджэщэгъу Ирыгу Мухьэрбэч, нэгъуэщIхэри.
КъБР-м щыIэ УФСИН-м и ИК-4-м тезырыр щызыпшынхэм ящыщу 13-м я лъэIум хэплъащ, абыхэм ящыщу 8-м я лъIэур бгъэзащIэ хъуну къалъытащ.
КъБР-мкIэ УФСИН-м и пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "378.txt"
} |
Лъэпкъ, дин зэхущытыкIэхэр ирагъэфIакIуэ
Бахъсэн къалэм террорым пэщIэтынымкIэ и комиссэм иджыблагъэ школакIуэхэр IуигъэщIащ а щIыпIэм и спортсмен цIэрыIуэхэм.
Дыгулыбгъуей къуажэм дэт курыт еджапIэ №11-м мэлыжьыхьым и 8-м зэIущIэ щхьэпэ щекIуэкIащ. Абы щеджэхэмрэ МКОУ СОШ №9-м щIэсхэмрэ къыхурагъэблэгъащ Бахъсэн къалэм и спортсмен цIэрыIуэхэр. ЗэIущIэм кърихьэлIат щIыпIэ администрацэм, хабзэхъумэ IэнатIэхэм, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр. Къапщтэмэ, абы хэтащ Бахъсэн къалэ округым хабзэхъумэ IэнатIэхэм ядэлэжьэнымрэ зэщIэгъэуIуэныгъэмкIэ и управленэм и унафэщI ХъуэкIуэн Заур, физическэ щэнхабзэмкIэ, спортымрэ щIалэгъуалэ политикэмкIэ и комитетым и Iэтащхьэ Беглецовэ Анастасие, Ветеранхэм я советым и тхьэмадэ Абазэ Хъусен, прокурорым и дэIэпыкъуэгъу Бжэмбей Заур, Дыгулыбгъуей къуажэм и Iимам КхъуэIуфэ Хьэсэнбий, спортсмен гъуэзэджэхэу Гугу Ислъам, Бэрэгъун Аскэр, Джэрыджэ Артур сымэ, цIыхубэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм къикIахэр.
Бахъсэн къалэ округым и щIыпIэ администрацэм и пресс-IэнатIэм и унафэщI Балъкъыз Iэминэ хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, зэIущIэр хуабжьу щхьэпэ хъуащ икIи удэзыхьэхыу екIуэкIащ. ШколакIуэхэр яфIэхьэлэмэту куэдым щIэупщIэрт икIи дэтхэнэми жэуап пыухыкIа ягъуэтырт. МКОУ СОШ №11-м и директор Мамхэгъ Мухьэмэд къызэрыхигъэщамкIэ, мыпхуэдэ зэIущIэхэр хуабжьу сэбэп мэхъу лъэпкъ, дин зэхущытыкIэхэр егъэфIэкIуэнымрэ зым и Iуэху бгъэдыхьэкIэр адрейм къыгурыIуэу щытынымкIэ.
Къаудыгъу Заур.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "379.txt"
} |
Лъэужь дахэ къэзыгъэна
Кэнжэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм щагъэлъэгъуащ «Урысей 1» къэрал телерадиокомпанием и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и лэжьакIуэхэм ягъэхьэзыра «Предопределение» документальнэ фильмыр. Ар теухуащ республикэм и профессиональнэ музыкэ гъуазджэм и лъабжьэр зыгъэтIылъахэм ящыщ, лъэпкъ макъамэм и классик, Балэ Мухьэдин и гъащIэмрэ гуащIэмрэ. Гъэлъэгъуэныгъэр къызэрагъэпэщащ композитор цIэрыIуэр къызэралъхурэ илъэс 95-рэ щрикъум ирихьэлIэу.
Фильмым къыщагъэсэбэпащ КъБР-м и къэрал архивым, Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Урысеймрэ я архив нэхъыщхьэхэм я фондхэм, республикэм и радиомрэ телевиденэмрэ щахъумэ нэтын гъэщIэгъуэнхэм щыщхэр.
- Фильм бгъэхьэзырыным, дауи, гугъуехь куэдхэр пыщIащ. Ди телевиденэм и режиссёрхэм, операторхэм, монтажёрхэм журналист Битокъу Нелли я пашэу я гуи я пси етауэ лэжьыгъэм пэрытащ икIи ар зрагъэхъулIащ, - жиIащ ГТРК-м и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщI Къэзанш Людмилэ. - СэркIэ фильмыр лъабжьэщ, си жылэщ. Нелли дежкIэ ар макъамэ гъуазджэм и тхыдэм щыщ зы Iыхьэщ. Фильмым я къару ирахьэлIащ си къуажэгъу цIэрыIуэм и благъэхэм, Iыхьлыхэм, ныбжьэгъухэм, ар къэзыцIыхуу щытахэм. Гъэлъэгъуэныгъэм щIалэгъуалэ, ныбжьыщIэ куэд къызэрекIуэлIар гуапэщ. Хэт ищIэрэ, Балэ Мухьэдин и гъащIэмрэ гуащIэмрэ я щапхъэгъэлъагъуэу абы и лъагъуэм ирикIуэн, и лэжьыгъэхэм пызыщэн абыхэм къахэкIынкIи хъунщ!
- Ди творческэ проектхэр сыт щыгъуи къыддэзыIыгъ, гулъытэ къытхуэзыщI ди унафэщI Къэзанш Людмилэ фIыщIэ хузощI. Гъэлъэгъуэныгъэм зыкърезыгъэхьэлIа, гуфIэгъуэр къыддэзыгуэша ди лэжьэгъухэми хуабжьу сахуэарэзыщ, - жиIащ Битокъу Нелли. - Фильмым еплъыну къекIуэлIахэм Балэ Мухьэдин теухуауэ зыщымыгъуазэ гуэрхэр къызэIуахмэ, абы и гъащIэ гъуэгуанэм нэгъуэщIынэкIэ ириплъэжмэ, лэжьыгъэм иужь сыщихьэм зыхуэзгъэувыжа къалэнхэмрэ мурадхэмрэ къызэхъулIауэ къэслъытэнущ. Фильмыр фигу ирихьмэ, си гуапэщ.
Къэралым и лъэхъэнэ нэхъ гугъухэм хэпсэукIа композиторыр гъэунэхупIэ куэдым пхыкIащ. Курыт еджапIэр къиухагъащIэу ар 1941 гъэм и дыгъэгъазэм Хэку зауэшхуэм кIуащ. Музыкант ныбжьыщIэр 115-нэ шу дивизэм и макъамэ взводым и пашэу икIи и накъырапщэу хахащ. Шуудзэр зэхакъута нэужь, къэна зауэлIхэм унэм къагъэзэжащ. И узыншагъэр зэфIигъэувэжри, Балэм аргуэру фронтым игъэзэжащ. Зи анэр дунейм ехыжа, къуэш нэхъыжьхэу Аубэчыррэ Хьэжбэчыррэ Хэку зауэшхуэм хэкIуэда Мухьэдин я унагъуэ жьэгур зауэм дэужьыхыжауэ къилъытэрт.
1946 гъэм унафэ къащтащ адыгэ оперэ къызэрагъэпэщыну икIи абы хагъэхьэнухэр Ленинград консерваторэм макъамэ гъуазджэм щыхурагъэджэну. Консерваторэм и ректорыр зи пашэ къэпщытакIуэ гуп шыщхьэуIум Налшык къакIуэри, макъамэм зэфIэкI щызиIэ щIалэгъуалэр зы мазэм къриубыдэу къыхахащ. Ленинград еджакIуэ ягъэкIуа гупым Балэри яхэхуащ, сыту жыпIэмэ, курыт еджапIэм зэрыщIэс лъандэрэ абы макъамэр и Iэпэгъут, школым щекIуэкI зэхыхьэхэм жыджэру зыкъыщигъэлъагъуэрт, музыкэ школыр къиухауэ 1937 гъэм Кэнжэ къуажэм езыр-езыру къыщызэрагъэпэща духовой оркестрми хэтт. Гупым щыщ студентхэр макъамэ Iэмэпсымэхэм, оперэ уэрэдхэр жыIэным, режиссёр, дирижёр, композитор, хормейстер IэщIагъэхэм хурагъэджащ.
Республикэм къагъэзэжа нэужь, абыхэм щIыналъэм макъамэ гъуазджэм и лъабжьэр щагъэтIылъащ. Балэм и Iэдакъэ къыщIэкIа лэжьыгъэхэр - уэрэдхэмрэ романсхэмрэ - классикэ лэжьыгъэу къалъытащ. Иджыри консерваторэм щыщеджа илъэсхэм абы зэфIэкI зэрыбгъэдэлъым гу къылъатат. Ещанэ курсым щыщIэсым Мухьэдин и Iэдакъэ къыщIэкIа лIыхъужь уэрэдхэр, романсхэр, хормейстер зыщIыгъу хорым папщIэ итха лэжьыгъэхэр ягъэзащIэрт. Композиторым макъамэ щIилъхьащ КIыщокъуэ Алим и псалъэхэр зыщIэлъ «В память поэту» уэрэдым. Нобэр къыздэсым щIэупщIэ иIэщ Ефэнды Джылахъстэн и лъэIукIэ Балэ Мухьэдинрэ Къардэн Хьэсэнрэ адыгэбзэкIэ зэдатхауэ щыта «Мадинэ» япэ лъэпкъ оперэм. Япэ дыдэу 1970 гъэм ягъэлъэгъуа а лэжьыгъэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и лъэпкъ оперэм и тхыдэм щIэдзапIэ дахэ хуэхъуащ. Абы партие нэхъыщхьэхэр щагъэзэщIащ Бэгъуэтыж Светланэ, Жылокъуэ Мухьэмэдин, ПащIэ Ахьмэд, Бэрэгъун Владимир сымэ. Балэ Мухьэдин и хъуэпсапIэ нэхъыщхьэр - лъэпкъ оперэ республикэм къыщызэгъэпэщыныр - къехъулIащ.
Балэ Мухьэдин и ныбжьэгъуу щытахэу, макъамэ гъуазджэм, щэнхабзэм и лэжьакIуэхэу Ефэнды Джылахъстэн, ХьэIупэ ДжэбрэIил, Молэ Владимир, Къардэн Хьэсэн сымэ, нэгъуэщIхэми абы теухуа гукъэкIыж гуапэхэр фильмым къыщагъэлъэгъуащ. Къэпсэлъахэм нэхъыщхьэу жаIахэр къызэщIэпкъуэжмэ, Балэ Мухьэдин цIыху нэфIэгуфIэу, сабийхэр фIыуэ илъагъуу, макъамэм зэфIэкI ин щиIэу, гушыIэ хэлъу, хьэл-щэн дахэхэр зыдэплъагъуу щытащ.
Дзэ Плъыжьым хэтахэм ящыщу Хэкум и епцIыжакIуэу НКВД-м и лэжьакIуэхэм къалъыта куэдым яхэту 1949 гъэм щIышылэм и 14-м Балэ Мухьэдини ягъэтIысащ. Караганда и шахтэхэм ар илъэситхукIэ щылэжьащ. Балэр зыхэхуа лагерым духовой оркестр щылажьэт. Макъамэрат абы щыгъуэ композиторым гъащIэм и гугъапIэ къезыту иIар. Сталиныр дунейм ехыжа нэужь, Балэ Мухьэдин щхьэхуит къащIыжащ. Республикэм къигъэзэжри, ар духовой оркестрым, сабий музыкэ школым щылэжьащ. 1957 гъэм Балэ Мухьэдин Ленинград консерваторэм щIэтIысхьэжри и щIэныгъэм щыпищэжащ. Композиторым и творчествэм нэхъыщхьэ дыдэу щыпхыша хъуар зауэращ. 1963 гъэм абы и Iэдакъэ къыщIэкIащ «Вечно живые» реквиемыр.
Лъэпкъ макъамэм хэлъхьэныгъэфIхэр хуэзыщIа, абы зезыгъэужьа Балэ Мухьэдин лъэужь дахэ къэзыгъэна композиторщ. Кэнжэдэсхэр, и благъэхэр, Iыхьлыхэр ирогушхуэ абы и уэрамхэм ящыщ зым и цIэр зезыхьэ, я жылэм, Урысейм, Совет Союз псом цIэрыIуэ щыхъуа я къуажэгъум.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "38.txt"
} |
Лъэпкъ щIэныгъэм и гуащэ
Адыгэ лъэпкъым и япэ бзылъхугъэ еджагъэшхуэ, лъэпкъ литературэмрэ абы ехьэлIа къэхутэныгъэхэмрэ егъэкIуэкIыным хуэлажьэ, щIэныгъэхэм я доктор, профессор, ЩIДАА-м и вице-президент Бэчыжь Лейлэ къызыхэкIа лъэпкъым бгъэдэлъ хъугъуэфIыгъуэм хуищIа хэлъхьэныгъэр къыпхуэмылъытэным хуэдизщ.
Шэрджэс литературэм и тхыдэдж, критик цIэрыIуэ, Къандурым и цIэкIэ щыIэ дунейпсо саугъэтым и лауреат Бэчыжь Лейлэ Iэбубэчыр и пхъур Хьэбэз районым хыхьэ ПсэукIэ Дахэ къуажэм къыщалъхуащ. КъШР-м и къалащхьэ Черкесск дэт лъэпкъ еджапIэ-интернатыр къиуха иужь, Лейлэ Ленинград дэт къэрал университетым филологиемкIэ и факультетым щеджащ. Абы щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызригъэгъуэту къызэригъэзэжрэ, Къэрэшей-Шэрджэс щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым щолажьэ, IуэрыIуатэмрэ литерату-
рэмкIэ къудамэм и унафэщIу. Абы къыдэкIуэу, 1983 гъэм къыщыщIэдзауэ КъШКъУ-м литературэмкIэ и кафедрэм и профессорщ, КъШР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и гуащэщ.
Бэчыжь Лейлэ адыгэ щIыналъищми, нэгъуэщI къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэми фIыуэ къыщацIыху. Абы и щхьэусыгъэр адыгэ IуэрыIуатэмрэ литературэмрэ джынымкIэ, ди лъэпкъ усакIуэхэмрэ тхакIуэхэмрэ я IэдакъэщIэкI тхыгъэхэм уасэ тэрэз яхуэщIынымкIэ, литературэм зезытыну зи гугъэ щIэблэщIэр гъуэгу щыпкъэ тегъэхьэнымкIэ мы бзылъхугъэм куэд дыдэ зэрилэжьарщ. А псори Лейлэ щIыхузэфIэкIар анэдэлъхуу иIэ зэчиймрэ сыт хуэдэ гугъуехь хуэзами къимыкIуэтурэ зригъэгъуэта щIэныгъэшхуэмрэ я фIыгъэщ.
Бэчыжьым и Iэдакъэм къыщIэкIыу япэ дыдэу дунейм къытехьауэ щытар «Шэрджэс литературэм и тхыдэм и напэкIуэцIхэр» зыфIища тхыгъэращ. Ауэ ар тхылъ щхьэхуэу къыдэкIыным и пэкIэ, Лейлэ къыщигъэсэбэпауэ щытащ адыгэ литературэмрэ гъуазджэмрэ я махуэхэу 1957 гъэм Москва къалэм щекIуэкIам щищIыгъа докладым.
Университетыр къэзыухагъащIэ бзылъхугъэ ныбжьыщIэм ди литературэм теухуауэ абдеж къыщипсэлъам къыхэща щIэныгъэр, акъылыр, зэчийр нэгъэсауэ гъэщIэгъуэн ящыхъуауэ щытащ урыс тхакIуэ цIэрыIуэхэу Михалков Сергейрэ Сартаков Сергейрэ.
НапэкIуэцI плIыщI нэхъ мыхъу япэ тхылъ пIащIэ цIыкIур Бэчыжь Лейлэ угъурлыуэ къыхущIэкIри, абыкIэ щIэныгъэм щыхиша лъагъуэр иужькIэ еджагъэшхуэм и гъуэгу бгъуфIэ хуит хъуащ. Иужьрей илъэс 54-м къриубыдэу ди литературэм и тхыдэмрэ адыгэ, абазэ, нэгъуей, къэрэшей тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкI тхыгъэхэмрэ ятеухуауэ лэжьыгъэшхуэ зыбжанэ итхащ икIи къыдигъэкIащ Лейлэ.
Абыхэм ящыщщ «Шэрджэс усакIуэ Гъуэщокъуэ Хъусин» (1962), «Шэрджэс совет литературэр» (1964), «Адыгэ литературэм и прозаическэ жанрхэм я зыужьыкIэмрэ ахэр зытет лъэпкъ дахэгъэпс хабзэхэмрэ» (1972), «ЛIыхъужь эпосым къыщыщIэдзауэ романым нэс» (1974), «Псалъэм и жэуаплыгъэр» (1978), нэгъуэщIхэри. Абыхэм нэмыщI, Бэчыжьыр ящыщщ 80 гъэхэм Москва къыщыдэкIауэ щыта «Совет лъэпкъыбэ литературэм и тхыдэр» (то- митху мэхъу), «Совет романыр» тхылъхэр зытха еджагъэшхуэхэм.
Бэчыжь Лейлэ и гуащIэшхуэ хэлъщ Кавказ зауэжьым и зэранкIэ къэрал щэ ныкъуэм щIигъум щикъухьа хъуа ди лъэпкъэгъухэм къахэкIа тхакIуэхэм, усакIуэ цIэрыIуэхэм я творчествэр хэкужьым щыпсэухэм ягъэцIыхуным хуэгъэзауэ ди щIэныгъэлIхэм ирагъэкIуэкI лэжьыгъэ иным. Псалъэм папщIэ, Иорданием щыпсэу адыгэ тхакIуэшхуэ Къандур Мухьэдин и «Кавказ» роман-трилогиер къыщыдэкIам япэ дыдэ ар зэпкърызыхыу, и рецензэ убгъуа ди къэралым къыщытрезыгъэдзахэм ящыщщ Бэчыжьыр.
Апхуэдэ къабзэу, хэхэсу псэу адыгэхэм ятеухуащ Лейлэ жэрдэмщIакIуэ зыхуэхъуу 1991 гъэм и жэпуэгъуэ мазэм Черкесск къалэм щрагъэкIуэкIауэ щыта «Кавказ лъэпкъхэм хамэщIхэм щаIэ щэнхабзэр» щIэныгъэ конференцыр. Апхуэдэ конференц бжыгъэу Бэчыжьыр зыхэлэжьыхьар куэд мэхъу. Дэтхэнэми абы хелъхьэ лъэпкъым хуэгъэза и гупсысэ куур, хамэ къэрал куэдым щыпсэу адыгэхэм къагъэщI литературэм ди лъэпкъ IуэрыIуатэр зэришхэпсым и гугъу ищI зэпытщ.
ИщхьэкIэ зэрыщыжытIащи, Бэчыжь Лейлэ къаруушхуэ тригъэкIуэдащ адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжауэ къыдэгъэкIыным. Апхуэдэ лэжьыгъэм и мызакъуэу, Лейлэ жыджэру хэтщ адыгэм теухуауэ кърахьэжьэ сыт хуэдэ Iуэхуми. Абы хузэфIокI лъэпкъым и Iуэхухэм и гуащIэ Iыхьэ хилъхьэн.
Къэбарт Мирэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "380.txt"
} |
ХЬЭТКЪУЭ Яшар (Тырку Республикэ)
Уэрэд
Дытесу нэпкъым пщыхьэщхьэм
Дзапэ уэрэд догъэзу,
Мыжыжьэу дблосыкIыр кхъухьхэр,
Уэгум щолъатэ бзур.
КъытхуоплъэкIхэр ахэр нэфIэгуфIэу,
Я гугъауэ дэ дынасыпыфIэу.
АдэIуэкIэ псы Iуфэ пшахъуэм
ЦIыхухэр хэлъщ дыгъэпсым, я гур хэхъуэу,
И хъыр псым хелъафэ бдзэжьеящэм,
Бдзэжьей къиубыдыныр и гуращэу,
ТетIысхьэпIэм тесщи зы лIы гуэр,
Дэ къыдоплъыр ттримыхыу нэр.
Ди уэрэдым дищIу насыпыфIэ
КъафIэщIауэ къыдоплъ нэфIэгуфIэу.
ПщIэншэу уэгур къелъэтыхьыр бзум
Химылъагъуэу къиубыдын тенджызым.
ТетIысхьэпIэм тес лIыри мэхущхьэ, мэщатэ,
КъыгурымыIуэу ди дзапэ уэрэдыр.
Дэ къытпежьэнукъым лъагъуныгъэ макъамэр,
Ар къапежьэнукъым бдзэжьеящэм,
Я унэ кIуэжу кхъухьым ис къомым
А уэрэдыр итынукъым ахэр зэджэ тхылъхэм,
ТетIысхьэпIэм тезэшыхь лIым и лъым
Хыхьэнукъым зэи а пшыналъэр.
МэжэлIауэ уафэгум ит бзуми
ХужыIэнукъым а уэрэдыр зэи.
Истамбыл, 1985 гъэ
Сэ лъахитIым сахуолажьэ
«Сэ сахуолажьэ лъахитIым», -
ЖеIэр Мыхьэмэт.
- КъигъэщIащ цIыхур иIэу IитI, -
Кърет абы жэуап Ахъмэт.
Тэмэмщ и псалъэхэр Мыхьэмэт,
ГурыIуэгъуэщ и жэуапри Ахъмэт.
ЛэжьапIэншэу, лэжьапщIэншэу
Щыс щIалэ си благъэм
Абыхэм къахихынур
Сыт хуэдэ губзыгъагъэ?
Хамэ щIыналъэ
- УIэгъэ ухъуауэ ара, си тIасэ?
- Си лъакъуитIым сыкъагъэгузасэ.
Ауэ схуигъэтыншу мащIэу си псэр,
Хущхъуэгъуэ схуэхъур мывэ сызытесырщ.
Сыхамэщ уэркIи. Сигъэхужыт уи гум,
Сэ дзыхь яхуэсщIкъым сондэджэрым,
Щэн-къэщэхуным хуэжыджэрым.
Сыкъызэрелын къыхуэмылъагъуу си нэм,
Сыщошынэр уахътыншагъэм, хьэфиз пцIанэм.
Ауэ сыщыбауэкIэ мывэр мэгызыр,
Мэщатэ, и гур къысщIэгъуу тенджызыр.
Зонгулдак къалэ
ГъащIэм и гурыфIыгъуэ
Сыту пIэрэ нобэ къэхъуар,
Апхуэдизу насыпыфIэ сыщIэхъуар?
Лъагъуныгъэм сиубыда нэхъей,
Дзапэ уэрэдыр жысIэрейщ.
Кхъуафэжьейр щхьэпрыдзауэ хэлъщи пшахъуэм,
Сабий цIыкIуитI щоджэгур я гур хэхъуэу.
Дыгъэм зрегъэури бдзэжьеящэм
Бдзэжьей фIидыгъуну, джэдур къопщыр.
Бдзэжьеящэ лIыжь, хуэгъэщхъ Тхьэм уи щхьэр,
Уи закъуэщ уэри, мо джэду къэпщым ещхьу,
Лэжьыгъэ хьэлъэм Iэпкълъэпкъыр игъэхулIэу,
ХэкIуэтащ уи ныбжь, умэжэщIалIэщ…
Ауэ еплъыт мо пшахъуэм щыджэгу сабийхэм,
Ахэм Iэзэу къыщаубыд бдзэжьей
Пшахъуэу хэджэгухьым дыгъэ бзийм.
Щхьэгъубжэ
ЗэIузодзыр щхьэгъубжэр пщэдджыжькIэ,
Сыдэплъэну Истамбыл нэхъ Iэгъуэу:
Уэрамым ирокIуэ сабийхэр зэщIыгъуу,
ЦIыхубзым егъэкъабзэ алэрыбгъур.
МэжэлIарэ хъуапсэнэIу фIэхъуауэ гур,
ЩIэтщ щхьэгъубжэ лъабжьэм зы лIы гуэр.
IупщIу солъагъур унащхьэ плъыжьхэр,
МыпIащIэу уэгум хэшыпсыхь пшэ хужьхэр.
Сыдэплъэну Истамбыл нэхъ Iэгъуэу,
Сыдэплъэну къалэм нэхъ щIэщыгъуэу,
Си щхьэгъубжэр зэIусхамэ сытым щыгъуи
Пщэдджыжь къэсыхункIэ къызолъагъур
Уэрамым ирикIуэу сабийхэр зэщIыгъуу,
ЦIыхубзым игъэкъабзэу алэрыбгъур,
Плъыжь зэфэзэщу хэлыдыкI унащхьэхэр,
Пшэ хужьхэу уэгум зыщызыхущыхьхэр,
МэжэлIарэ хъуапсэнэIу фIэхъуауэ гуэр,
Щхьэгъубжэ лъабжьэм щIэту зы лIы гуэр.
Анкара къалэ, 1990 гъэ
ЖысIэшхуаи
щыIэтэкъым апхуэдэу
ЖысIэшхуаи щыIэтэкъым апхуэдэу,
Гузэрыдзэ къысхуащIын хуэдизу,
Арагъэнущ адрейхэм хуэмыдэу
Нобэ сыщIэпсэур си ныбэр изу.
КIиигъахэр макъыр ягъэлъащэу
Исхэщ ирадзахэу лъэхъуэщхэм.
Сэ сыщысщ щхьэхуитуи, солъагъур -
Зыри жумыIэнри мыщIагъуэ.
(Сызэрыщымар зыхузощIыжыр дагъуэ).
Истамбыл, 2003 гъэ
ХЬЭТКЪУЭ Яшар
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "381.txt"
} |
Балакирев Милийи «Ислъэмейр»
Балакирев Милий (1837 - 1910) «Гуп лъэщ» («Могучая кучка») жыхуаIэ композитор зыбжанэм ящыщт, уеблэмэ я къызэгъэпэщакIуэу къэплъытэ хъуну. Адыгэ пшыналъэхэм зыкIи емыщхь абы и композитор лэжьыгъэхэр ди дежкIэ гъэщIэгъуэн зыщIыр абы «Ислъэмей» зыфIища и макъамэращ.
ЗэрыжаIэжымкIэ, Балакиревыр Кавказым щэнейрэ къэкIуащ, ар зрихьэлIари адыгэм нэхъ гуащIэу зыхищIа 1862, 1863, 1868 гъэхэращ. «Ислъэмейр» композиторым Мэзкуу игъэзэжа нэужь, 1869 гъэм, зэхилъхьащ. Музыкэ щIэныгъэбзэкIэ абы зэреджэр мыпхуэдэущ: «фортепианэм папщIэ къухьэпIэ фантазие». А фIэщыгъэм щIэту «МузыкэмкIэ щIэнгъуазэм» «Ислъэмейм» теухуауэ етх:
«Фортепианэм папщIэ Балакиревым зэхилъхьа макъамэхэм я лъагапIэу къэплъытэ хъуну лэжьыгъэщ «Ислъэмейр». Мыр езы Балакиревыр къозыгъэцIыхухэм ящыщщ. Япэрауэ, къуэкIыпIэ щэнхабзэм зэрыдихьэх хьэлымкIэ; етIуанэрауэ, и макъамэтх Iэмалхэм зэрызихъуэжар къэзыгъэлъагъуэ щапхъэу. Пьесэр къуэкIыпIэ темэ дыдэу къэплъытэ хъунущ, IыхьитIу зэхэтщ: япэр - къэбэрдей къафэ «Ислъэмейр» аращ (абы пьесэм и цIэр фIащыжащ); етIуанэр - кърым-тэтэр бзылъхугъэ уэрэдщ. ТемитIри гукъыдэж къагъэлъагъуэмкIэ зэтехуэркъым. Япэрейр кавказ макъамэ IэмэпсымэкIэ ягъэзащIэ, жьы зыщIэт макъамэ псынщIэщ, «фа» нотэм нэхъ тещIыхьауэ. Ар бгырыс хахуагъ уигу къэзыгъэкI макъамэ «гуащIэу» плъытэнумэ, етIуанэр - щабэу, лантIэу, бзылъхугъэ хьэлым нэхъ иупхыу щыт пшыналъэщ. Шопен, Лист сымэ ятха макъамэ балладэхэми ещхьщ.
«Ислъэмейр» фортепианэм хуэIэзэ узыщI макъа- мэ гъэщIэгъуэнщ: аккордхэр, октавэхэр, нотэ тIуащIэхэр, пассажхэр хэту. Мэжэр композитор Лист Ференц и еджакIуэхэм а макъамэр яригъэгъэзэщIэну ифIэфI дыдэт, езым зэхилъхьэхэм зэрещхьым къыхэкIыу. Псоми ящIэ Лист урыс композиторхэр фIыуэ илъагъуу зэрыщытар».
ЗэрыжытIауэ, Балакиревыр Кавказым 1862, 1863, 1868 гъэхэм щыIащ. 1862 гъэм и гъэмахуэм абы Стасов Владимир хуигъэхьа тхыгъэм Псыхуабэ къызэрыщыхъуам щытепсэлъыхьырт: «Лермонтовым и хьэуакIэ собауэ… Итхахэр аргуэру зэ щIэзджыкIыжауэ, мыр жызоIэ: урысыбзэкIэ ятха псоми Лермонтовым ейхэм хуэдэу си гум лъэIэсыф яхэткъым. Дэ икIи куэдкIэ дызэтохуэ. Сэри, Лермонтовым ещхьу, щIыуэпсыр сфIэфIщ, абы хуэдэ дыдэу ар куууэ зыхызощIэ, шэрджэсхэри, я фащэм деж щыщIэдзауэ (адыгэ фащэм нэхърэ нэхъыфI щыIэу сщIэркъым) сигу ирохь. Си гум пшынэ Iэпэ куэд иIэщ, Лермонтовыр еIусэху, зыкъызагъащIэу».
1863 гъэм Балакиревыр Железноводск, Нартсанэ, Псыхуабэ пианисту щыIащ, Лермонтовыр здэщыIа щIыпIэхэм зыщиплъыхьащ, бгырыс макъамэхэм едэIуащ, бгырысхэм къагъэщхьэпэ макъамэ Iэмэпсымэхэр зригъэцIыхуащ. Иужь дыдэу ар Кавказым щыщыIар 1868 гъэращ. Кавказым и дунейм цIыхум зыхригъащIэ хуитыныгъэ хъуапсэр абы къыщигъэлъэгъуащ «Мцыри» поэмэм хузэхилъхьа макъамэм.
Лермонтовым и псалъэхэр къигъэсэбэпурэ, Балакиревым и «КъухьэпIэ Iэрамэм» папщIэ уэрэдищ зэхилъхьауэ щытащ. Абыхэм ящыщщ «Измаил-бей»-м хэт «Адыгэ уэрэдыр», «Мцыри»-м щыщ бдзэжьейм теухуа уэрэдыр, нэгъуэщIхэри. А псоми ящIэтыр макъамэ щабэщ.
Макъамэтххэм зэрыжаIэмкIэ, шэч закъуи хэлъкъым Балакиревыр «Ислъэмейм» елэжьыныр абы Рубинштейн Николай ныбжьэгъу къызэрыхуэхъуам зэрепхам. Лист Ференц ещхьу, лъэпкъ макъамэхэр фортепианэм папщIэ щызэхилъхьэкIэ, Балакиревым абы лъэпкъ хьэлыр химыгъэкIыу, уеблэмэ нэхъ къыхэщу къызэригъэнэным хущIэкъурт. Апхуэдэщ абы и къэбэрдей къафэр. Егъэлеяуэ щIэщыгъуэ «Ислъэмейм» и макъамэм абы хуэфэщэн пщIэ щригъэгъуэтащ музыкэм елэжь IэщIагъэлIхэм я деж.
ЧЭРИМ Марианнэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "382.txt"
} |
Штраус Иоганн и «Шэрджэс маршыр»
Дуней псом щыцIэрыIуэ щэнхабзэм и хъугъуэфIыгъуэхэм «Адыгэ» фIэщыгъэр зыгуэркIэ епхауэ зэхэтхыху, абы щхьэусыгъуэ хуэхъуам дыщIэупщIэныр езыр-езыру пщэрылъ тхуохъу. Апхуэдэ зы щапхъэщ адыгэ макъамэтх, УФ-м и къэрал саугъэтым и лауреат Даур Аслъэн и фIыгъэкIэ хэIущIыIу хъуа, Австрием щыщ композитор цIэрыIуэ Штраус Иоганн (къуэм) и Iэдакъэ къыщIэкIа «Шэрджэс маршыр».
Псом нэхърэ нэхъ узыгъэбэлэрыгъыу Iуэхум хэтыр Штраус и IэдакъэщIэкIым и цIэр зэрихъуэжаращ, аращ ар куэдым щIызэхамыхари. Уигу хэзыгъэхъуэн щхьэусыгъуэ Iуэхум хэмытыххэнри хэлъщ, сыту жыпIэмэ, Штраус макъамэр щызэхилъхьар Урысейм щыщыIа илъэсхэращ, нэхъ гъунэгъуу зэрыхуагъэфащэмкIэ - 1860 - 1869 гъэхэм я зэхуакурщ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, адыгэхэм нэхъ гугъу дыдэу яшэча илъэсхэрщ.
Нэмыцэбзэ зыщIэхэм Iуэхум и пэжыпIэм нэхъ нэгъэсауэ щыгъуазэ дащIыну къыщIэкIынщ, зэман дэкIмэ, ауэ зэкIэ зыIэрыдгъэхьэфа хъыбар зыбжанэм жаIэр зэтехуэркъым. Штраус и гъащIэ гъуэгур къезытхэкIыжхэм къызэралъытэмкIэ, композиторым «Шэрджэс маршыр» 1860 гъэхэм Урысейм щыщыIа зэманым зэхилъхьащ. Композитор цIэрыIуэр урыс император сэрейм иригъэблэгъати, Павловск къалэм дэт мафIэгу тедзапIэ цIэрыIуэм и уардэунэм концертхэр щиту щытащ. «Шэрджэс маршри» абы ирихьэлIэу зэхилъхьауэ къаIуатэ. НэгъуэщI зы хъыбарым зэрыжиIэмкIэ, Штраус и маршыр япэу 1869 гъэм мэкъуауэгъуэм и 6-м Павловск къалэм щигъэзэщIащ, языныкъуэхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, «Шэрджэс маршыр» япэу щыIуар Бытырбыхущ.
Ауэ сыт маршым и фIэщыгъэр Штраус ихъуэжын хуей щIэхъуар?
КъызэрыщIэкIымкIэ, композиторыр Австрием и император Франц Иосиф и сэрейм щылэжьащ, къэралым и лIыщхьэм и нэIуасэу. 1869 гъэм и дыгъэгъазэм Мысырым (Египетым) Суэц кIэнауэр щIэрыщIэу къыщыщызэIуахыжым, хьэрып къэралым и тепщэ Исмэхьил-пащэм иригъэблэгъахэм Австрием и император Франц Иосифи яхэхуащ. Абы здиша Штраус макъамэщIэ зэхилъхьэну зэман къыхуэна къыщIэкIынтэкъыми, «Шэрджэс маршыр» арыххэу «Египет марш» хъуащ.
Иджыри зы хъыбар гъэщIэгъуэным щыгъуазэ дещI Дрон зи унэцIэ американ тхакIуэм. 1874 гъэм къыдигъэкIа «Си хъыбарыр» тхылъым абы щыжеIэ: «1872 гъэм Штраус мы къэралым (США-м) япэ дыдэ щита концертым щызэхаха «Шэрджэс маршым» и къуэкIыпIэ плъыфэмрэ и гъэзэщIэкIэ къызэрымыкIуэмрэ къызэхуэсахэр къыдихьэхат».
Дауэ мыхъуами, 1872 гъэм Штраус Америкэм щита концертым маршым иджыри «Circassian March» цIэр щызэрехьэ, абы щыхьэт тохъуэ «Музыкэм и академие» къыдэкIыгъуэри, «Венэ щыщ зиусхьэн Штраус Иоганн 1870 гъэм Бостон и оркестр нэхъыфI дыдэм и гъусэу блыщхьэ пщыхьэщхьэм, бадзэуэгъуэм и 8-м, игъэзэщIэну макъамэхэр» къыщрибжэкIкIэ. Япэ Iыхьэм дыкъыщоджэ: «Штраус зэхилъхьа «Шэрджэс марш» (Circassian March, Strauss). Ардыдэм и щIэджыкIакIуэхэр щыгъуазэ ещI бадзэуэгъуэм и 2-м 1872 гъэм къыдэкIа «Нью-Йорк таймс» газетым, «Шэрджэс маршым» зыхыуигъащIэ «къухьэпIэ хьэлми» топсэлъыхь.
Зи гугъу тщIы макъамэр зэрыщыIэм япэу цIыхубэр щыгъуазэ зыщIар композитор Даур Аслъэнщ. Ар къызэрыхъуа щIыкIэм «Шэрджэс маршым» и лъэужьым дытету» тхыгъэм щытепсэлъыхьыжащ Белашов Евгений Абы нэхъ нэгъэсауэ къехь Даур Аслъэн и гукъэкIыжхэри: «Куэд щIакъым Мэзкуу дэт, тхылъыжьхэр зыщIэлъ тыкуэн гуэрым сыщIэту пасэу традза нотэхэр зэIыспщIыкI пэт, иджыри къэс сызыщыгъуазэу щымыта Штраус Иоганн и «Шэрджэс маршым» сызэрыIууэрэ. Нотэхэр 1872 гъэм Гутхельд А. къыдигъэкIащ, тхылъым Чайковский Пётр и ныбжьэгъуу щыта нотэтедзэ Юргенсон и мыхъурыр телъщ. Пасэрей нотэхэм я IуплъапIэ натIэм адыгэ цей зыщыгъ адыгэ гупым я сурэт тетщ, Iэщи япщIэхэлъу. Зыр шым тесщ, адрейм фоч кIэщIрэ къамэрэ иIыгъщ, ещанэм сэшхуэ IэщIэлъу бгым зыкIэригъэщIауэ щытщ».
«Дэнэ икIи дауэ Штраус цIэрыIуэм адыгэ макъамэ щызэхихар? - щIоупщIэ Белашовыр. - ЗэкIэ гурыIуэгъуэр зыщ - «Шэрджэс маршыр» Штраус и IэдакъэщIэкI телъыджэхэм язщ, абы концертхэм хуэфащэ увыпIэ зэрыщиубыдынуми шэч хэлъкъым».
Чэрим Марианнэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "383.txt"
} |
Мутко Виталий ягъэуващ къызэгъэпэщакIуэ комитетым и унафэщIу
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр илъэси 100 зэрырикъур гъэлъэпIэным зыхуэгъэхьэзырыным пыщIа Iуэхухэр дэгъэкIыныр зи пщэ дэлъ къызэгъэпэщакIуэ комитетым и Iэтащхьэу ягъэуващ Урысей Федерацэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Мутко Виталий. Абы теухуа унафэм мэлыжьыхьым и 8-м Iэ щIидзащ УФ-м и Премьер-министр Медведев Дмитрий. КъызэгъэпэщакIуэ комитетым и Iэтащхьэу и къуэдзэщ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек.
Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир 2018 гъэм жэпуэгъуэм и 16-м Iэ щIидзащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 100 зэрырикъур гъэлъэпIэным и IуэхукIэ» Указым. Абы зэрыщыубзыхуамкIэ, Урысей Федерацэм и щIыналъэхэм я къэрал властымрэ щIыпIэ самоуправленэмкIэ органхэмрэ пщэрылъ ящищIащ махуэшхуэм зыхуэгъэхьэзырыным хэтыну.
ГуфIэгъуэхэр 2022 гъэм и бжьыхьэм екIуэкIынущ. Абы ирихьэлIэу къыдахыну Iуэхухэм лъэныкъуэ куэд къызэщIаубыдэ: урысейпсо щIэныгъэ конференцхэр, махуэшхуэ концертхэр, турист фестивалхэр, щIалэгъуалэ зэхыхьэхэр. Апхуэдэуи КъуэкIыпIэм и къэрал музеймрэ Художникхэм я унэ нэхъыщхьэмрэ ди республикэм и сурэтыщIхэм я IэдакъэщIэкIхэр щагъэлъэгъуэну выставкэхэр щыIэнущ, КъБР-м и Щэнхабзэм и махуэхэр Москва къыщызэрагъэпэщынущ. Апхуэдэуи ирагъэкIуэкIынущ спорт зэхьэзэхуэхэр, волонтёр проектхэр къыхалъхьэнущ, республикэм къикIуа гъуэгуанэр къэзыгъэлъэгъуэж выставкэхэр КъБР-м и музейхэм къыщызэIуахынущ. ГуфIэгъуэ дауэдапщэм трагъэкIуэдэн папщIэ федеральнэ мылъкуу сом мелуан 250-рэ хуэдиз хухахащ.
КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "384.txt"
} |
Дохутырхэр я щIэныгъэхэмкIэ зэдогуашэ
Налшык къалэ дэт Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм мэлыжьыхьым и 8-м щекIуэкIащ акушер-гинекологхэм я урысейпсо зэгухьэныгъэм и школым и зэIущIэ.
Школым и лэжьыгъэр 2016 гъэм ирахьэжьащ икIи акушер-гинекологхэм я щIэныгъэм зэпымычууэ щыхагъахъуэ еджапIэм йокIуалIэ дохутыр мин бжыгъэхэр. БлэкIа илъэсищрэ ныкъуэм къриубыдэу ар къаухащ цIыху мин 13-м, къищынэмыщIауэ онлайн-нэтынхэм еплъащ дохутыр мини 5-м щIигъу.
Акушер-гинекологхэм я урысейпсо зэгухьэныгъэм и унафэщI, ЩIэныгъэхэмкIэ урысей академием и академик Серов Владимир къыхигъэщащ школым и зи чэзу зэIущIэр Налшык зэрыщрагъэкIуэкIым мыхьэнэшхуэ зэриIэр:
- Нобэрей зэхуэсым кърихьэлIащ зи IэщIагъэм фIыуэ хэзыщIыкI, ехъулIэныгъэфIхэр зэзыгъэгъуэта, зи цIэр фIыкIэ ираIуэ дохутыр Iэзэхэр. Ахэр зэдэгуэшэнущ я щIэныгъэмкIэ, къахутахэмкIэ, IэмалыщIэхэмкIэ. Согугъэ апхуэдэ щIыкIэкIэ медицинэм зиIэтыну, щIэщыгъуэ гуэр къыхэтлъхьэфыну.
ЗэIущIэм щагуэшащ иужьрей зэманым ди дохутырхэмрэ щIэныгъэлIхэмрэ гинекологиемкIэ ирагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм къигъэлъэгъуа тхыгъэхэр зэрыт тхылъ зэмылIэужьыгъуэхэр.
Фырэ Анфисэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "385.txt"
} |
Дунейм щыхъыбархэр
Къалэдэсхэр нэхъ гъащIэ кIыхьщ
Къэрал Думэм иджыблагъэ щекIуэкIа «правительствэ сыхьэтым» УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Голиковэ Татьянэ къыщыпсалъэу къыхигъэщащ 2018 гъэм къэралым и щIыналъэ 32-м лIэныгъэхэр нэхъыбэ зэрыщыхъуар - УФ-м исхэм яхэщIащ цIыху мин 99,7-рэ.
ДызэрыщыгъуазэмкIэ, къэралым и цIыхухэр пенсэм щагъакIуэ ныбжьым щыхагъахъуэм тегъэщIапIэ нэхъыщхьэ ящIахэм ящыщщ ди цIыхухэр нэхъ гъащIэ кIыхь зэрыхъуар. Иджы жаIэр нэгъуэщIщ.
«Урысейм и къуажэдэсхэм ящыщу лIэхэр процент 14-кIэ нэхъыбэщ, къалэдэсхэм елъытауэ - япэрейхэм я гъащIэр илъэситIкIэ нэхъ кIэщIщ, - жиIащ Голиковэм. - Дунейм ехыжхэм я бжыгъэр нэхъ мащIэ щIыным хуэгъэза Iэмалхэри щыIэщ щIыналъэхэм, ахэр нэхъыфIу къэгъэсэбэпын хуейуэ аращ. Абы къыдэкIуэуи, къэралым исхэр сабий къалъхумкIэ нэхъыбэ щIыным хуэунэтIауэ зэфIагъэкIхэри дызэрыщыгугъым хуэдэ дыдэу сэбэп хъущэркъым, сыту жыпIэмэ бын зиIэфыну ныбжьым ит цIыхубзхэм я бжыгъэр нэхъ мащIэ мэхъу икIи нобэм ирихьэлIэу апхуэдэу къэралым щыпсэухэр мелуан 35-м щIигъуркъым», - къыхигъэщащ Голиковэм.
УФ-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Скворцовэ Вероникэ зы мазэ хуэдэкIэ узэIэбэкIыжмэ тепсэлъыхьауэ щытащ къэралыр зыгъэгузавэ нэгъуэщI зы Iуэхуми - щылэжьэфыну ныбжьым ит, зи къаруилъыгъуэ урысей цIыхухъухэм ящыщу дунейм ехыжахэм я процент 70-р фадэм ихьауэ аращ.
Ерыскъы щапIэхэм я
лэжьэкIэр къапщытэн папщIэ
Иужьрей зэманым куэд хъуащ ерыскъым и фIагъым игъэтхьэусыхэхэр. «ФIагъ зиIэ ерыскъы» жыхуаIэм хагъэхьэр сыт хуэдэхэра? Арэзы узытемыхъуэ, узыншагъэм дежкIэ шынагъуэ продукцэ къуащамэ, абы щхьэкIэ уздэтхьэусыхэнур дэнэ? ЩIэх-щIэхыурэ дохуэ апхуэдэ упщIэхэр зыщыхуэдгъэувыж щытыкIэхэм. Ар къилъытауэ, «Роспотребнадзор»-м мэлыжьыхьым и 8 - 28-хэм игъэлэжьэнущ цIыхухэм я мыарэзыныгъэхэр къыщагъэлъагъуэ, я упщIэхэмкIэ зызыхуагъазэ хъуну «линэ пщтыр» телефоныр.
«ЦIыхухэм хуащIэ Iуэхутхьэбзэхэм я фIагъыр къэпщытэнымкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм къызэIуех урысейпсо «линэ пщтыр», шхапIэхэм, ерыскъы щапIэхэм я лэжьэкIэм кIэлъыплъын папщIэ», - жаIащ а Iуэхур зи жэрдэмхэм.
«Роспотребнадзор»-м и IэщIагъэлIхэм цIыхухэр щагъэгъуэзэнущ сабий шхынхэр зыпщэфIхэм, зыщэхэм хуагъэув санитар мардэхэр зыхуэдэр, ерыскъы хьэзырыр цIыхухэм яхуэзышэхэр зытетыпхъэ хабзэхэм, фIагъыр къызэрапщытэ Iэмалхэм, 8-800-555-49-43 телефонымкIэ псалъэмэ. Центрыр махуэ тIощIкIэ жэщми махуэми лэжьэнущ, зэуи цIыхуи 100-м жэуап иратыжыфынущ, зы дакъикъэ нэхърэ нэхъыбэкIэ пэмыплъэу, зэрыпсэлъам щхьэкIи пщIэ Iамыхыу.
Нобэ
♦Фашизмэм пэщIэтыным и дунейпсо махуэщ. Илъэс къэс мэлыжьыхьым и 10-м дунейм и щIыпIэ куэдым ягу къыщагъэкIыж етIуанэ дунейпсо зауэм и зэманым Ещанэ рейхым и дзэхэм яубыда къэралхэм исхэм ящыщу фашизмэм ебэнурэ хэкIуэдахэр.
♦Зэдэлъхузэшыпхъухэм я дунейпсо махуэщ
♦1710 гъэм Инджылызым къару щигъуэтащ цIыхум итхар езым и мылъкуу зэрыщытыр щIэзыгъэбыдэ законым. Абы Iэ щIидзат пащтыхь Аннэ.
♦Азербайджаным УхуакIуэм и махуэр щагъэлъапIэ
♦1722 гъэм Пётр Езанэм и унафэкIэ щIадзащ дунейм и щытыкIэм махуэ къэс кIэлъыплъын.
♦1814 гъэм Гисен къалэм (Германие) дэт университетым философием и доктор цIэр щыфIащащ илъэс 13 фIэкIа мыхъуа Витте Карл. Нобэр къыздэсым апхуэдэ зэи къэхъуакъым икIи ар Гиннесс рекордхэр зратхэ и тхылъым итщ.
♦1833 гъэм мафIэдз куэду къыщIагъэкIыу щIадзащ.
♦1925 гъэм Царицынэ къалэм и цIэр Сталинград жиIэу зэрахъуэкIащ. 1961 гъэм абы Волгоград фIащащ.
♦1944 гъэм Одессэ къалэр нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэхэм къыIэщIагъэкIыжащ.
♦1945 гъэм Совет «Союзым и ЛIыхъужь» цIэр Иуан Хьэсэн къыфIащащ.
♦1964 гъэм «КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ», «КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ», «КъБР-м щIыхь зиIэ и ухуакIуэ» цIэ лъапIэхэр ягъэуващ.
♦1981 гъэм Москва къыщызэIуахащ Космонавтикэм и музей.
♦2010 гъэм Смоленск деж къыщехуэхащ Ту-154 кхъухьлъатэр. Абы иса цIыху 96-р хэкIуэдащ, Польшэм и президент Качиньский Лехи яхэту.
♦1847 гъэм къалъхуащ США-м щыщ журналист, а IэщIагъэм ирилажьэхэм я IэдакъэщIэкI нэхъыфIхэм папщIэ ират саугъэтыр зыгъэувауэ щыта Пулитцер Джозеф.
♦1897 гъэм къалъхуащ япэ адыгэ бзэщIэныгъэлI Iэщхьэмахуэ Даут.
♦1919 гъэм къалъхуащ СССР-м и цIыхубэ артист, дирижёр цIэрыIуэу щыта Силантьев Юрий.
♦1927 гъэм къалъхуащ совет тхакIуэ, журналист, фильм зыбжанэм я сценарийхэр зытха Липатов Виль.
♦1937 гъэм къалъхуащ совет усакIуэ цIэрыIуэ, УФ-ми СССР-ми я Къэрал саугъэтхэм я лауреат Ахмадулинэ Бэллэ.
♦1942 гъэм къалъхуащ СССР-м щIыхь зиIэ и энергетик, Урысейм и ЕЭС-м щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и энергетик Хьэмыкъуэ Ахьмэд.
♦1952 гъэм къалъхуащ Урысей къэрал къулыкъущIэ, политик, экэномикэ щIэныгъэхэм я доктор Явлинский Григорий.
♦1952 гъэм къалъхуащ США-м щыщ актёр цIэрыIуэ, айкидо спорт лIэужьыгъуэм и мастер, Урысейм и МИД-м ди къэралымрэ США-мрэ гуманитар зэпыщIэныгъэхэмкIэ и лIыкIуэ хэхауэ 2018 гъэм ягъэува Сигал Стивен. 2016 гъэ лъандэрэ ар УФ-м и цIыхущ.
♦1956 гъэм къалъхуащ УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ Дау Марьянэ.
♦1958 гъэм къалъхуащ радиожурналист Гъурф Бэллэ.
♦1958 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и актёр Лу Рэмэзан.
♦1973 гъэм къалъхуащ Бразилием щыщ футболист, дунейм щынэхъ цIэрыIуэ дыдэхэм хабжэу джэгуа, иджыпсту тренеру лажьэ Карлос Робертэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 15 - 16, жэщым градуси 9 - 12 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
ИкIута из хъужыркъым.
Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "386.txt"
} |
ЩIалэгъуалэр терроризмэм и бийщ
Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и хабзэхъумэ IэнатIэхэм щылажьэу щIэпхъаджащIэхэм яIэщIэкIуэдахэм я фэеплъ зэхьэзэхуэ IэпщэрызауэмкIэ Налшык щекIуэкIащ. «ЩIалэгъуалэр терроризмэм и бийщ» фIэщыгъэм щIэта Iуэхугъуэм и къызэгъэпэщакIуэу щытащ Урысей МВД-м Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щиIэ управленэ нэхъыщхьэр. Ар диIыгъэщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм.
Зэхьэзэхуэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Шэшэн, Ингуш, Осетие Ищхърэ-Алание, Дагъыстэн республикэхэм, Ставрополь крайм щыщ спортсмени 120-м щIигъу. Ар къыщызэIуихым, Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэм къыхигъэщащ лIыхъужьхэм я гъащIэр лIыгъэм, зышыIэныгъэм, хахуагъэм я щапхъэу зэрыщытыр IэщIагъэ мытыншыр - Хэкур хъумэныр - къыхэзыхахам я дежкIэ икIи маршал Рокоссовскэм и псалъэхэр къихьащ: «Псэухэр фIыуэ пхуэлъагъунукъым, хэкIуэдахэм я фэеплъыр умыхъумэфмэ».
- Ди ныбжьэгъухэр зэи тщыгъупщэнукъым. Абыхэм я лIыгъэм траухуэнущ тхылъхэр, кинофильмхэр. Си фIэщ мэхъу зауэлI-спортсменхэми я текIуэныгъэхэр хэкIуэдахэм фэеплъ зэрыхуащIынури, - жиIащ Матовников Александр.
КИФЩI-м щыIэ Урысей МВД-м и управленэ нэхъыщхьэм и унафэщI Бачурин Сергей и къэпсэлъэныгъэри теухуат лIыгъэ зезыхьэу хэкIуэдахэм я фэеплъыр хъумэн зэрыхуейм: «Хабзэр яхъумэкIэрэ, псэзэпылъхьэпIэмрэ шынагъуэмрэ хэту, къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэм я IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм я къалэныр ягъэзэщIащ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, абыхэм я гъащIэр кIэщIт, ауэ ар хуэфэщэну ирахьэкIащ».
- Ди дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ, - къыхигъэщащ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек, - мы зэхьэзэхуэр Къэбэрдей-Балъкъэрым зэрыщекIуэкIым. Республикэм щыпсэухэм езыхэм зыхащIащ дунейпсо терроризмэм цIыхухэм я дежкIэ иIэ шынагъуэр зищIысыр. Иджыри ящыгъупщэжакъым 2005 гъэм жэпуэгъуэм и 13-м террористхэр Налшык IэщэкIэ къыщытеуам хабзэхъумэ IэнатIэхэм щылажьэрэ цIыху мамыру пщIы бжыгъэхэр зэрыхэкIуэдар. Ноби хуэдэу, дэ сыт щыгъуи дызэкъуэувэн хуейщ, радикализмэмрэ эктремизмэмрэ щыдмыгъэIэн папщIэ. Дэ дызэкъуэту зыужьыныгъэм и гъуэгум дытетыпхъэщ, къытщIэхъуэ щIэблэр узыншэн щхьэкIэ. Апхуэдэу зэрыщытынуми шэч къытесхьэркъым.
Зэхьэзэхуэм щIидзэным и пэ къихуэу Матовников Александр «За охрану общественного порядка» медалхэр яритащ къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ округым и щIыналъэ къудамэхэм я лэжьакIуэхэм.
Тренер IэнатIэм ехъулIэныгъэ инхэр зэрыщаIэм къыхэкIыу КIуэкIуэ Казбек фэеплъ дамыгъэхэр яритащ командэ къыхэхахэм я гъэсакIуэхэм.
ИужькIэ зэхэта зэпеуэ гуащIэм бжьыпэр щиубыдащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и гуп къыхэхам. Ставрополь крайм къикIахэр абы къыкIэлъокIуэ, Шэшэным и лIыкIуэхэр ещанэщ. КъыхэжаныкIахэм дамыгъэхэмрэ фэеплъ тыгъэхэмрэ хуагъэфэщащ.
КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "387.txt"
} |
Subsets and Splits