text
stringlengths
11
353k
meta
dict
Дунейм щыхъыбархэр Нэхъри щIэгъэткIиен хуейуэ къыхалъхьэ Гъуэгухэм зэрыщызекIуэ хабзэхэм щыубзыхуа хуабжьагъым щIезыгъэгъуу автомобилхэмкIэ къэзыжыхьхэм тралъхьэ къуэдыхэр хуэдихкIэ нэхъыбэ ящIыну къыщIэкIынущ. Гъуэгум шынагъуэншэу щызекIуэным теухуа едэIуэныгъэхэр УФ-м и Къэрал Думэм щыщекIуэкIыу апхуэдэ жэрдэм къыхилъхьащ Урысейм и МВД-м Къэрал автоинспекцэм и унафэщIым и къуэдзэ Понарьин Олег. Апхуэдэ щIыкIэкIэ хабзэхъумэхэм «къыжьэдакъуэну» я мурадщ гъуэгухэм къыщыхъу насыпыншагъэхэр зи зэранхэр. Зым и дежкIи щэхукъым автомобиль зэжьэхэуэхэм цIыху псэдзыгъэ къыщIашэр рулым дэсхэм хуабжьыщэу къызэракIухьыр зэрыарар. ЯIыгъын хуей хуабжьагъым зы сыхьэтым километр 20 – 40 хуэдизкIэ щIезыгъэгъуахэм иджыпсту зэретхьэкъур сом 500-щ. ГИБДД-м къыхилъхьэ жэрдэмыр пхыкIрэ абы теухуа хабзэ къащтэмэ, а къуэдыр сом минищ хъунущ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, хабзэр нэхъ щIэгъэщхъуауэ къызэпызыудхэм къуэдыуэ ятынури нэхъыбэнущ. Апхуэдэуи хоплъэ гъуэгу хабзэм ебэкъуам тралъхьэ къуэдыр нэхъ псынщIэу итмэ, ар нэхъ пуду – и зэхуэдитIым фIэкIа имыту - зэрызэфIэкIыу щыт хабзэри якъутэжыным. ГИБДД-м и IэщIагъэлIхэми депутатхэми мардэ ткIийхэр гъэувыныр IэмалыфIу къалъытэ гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм цIыхухэм фэбжьу хахыр, нэхъыщхьэжыращи, абыхэм хэкIуадэхэм я бжыгъэр гъэмэщIэнымкIэ. Иджы США-мрэ Мексикэмрэ я зэхуакум Къэралхэм я гъунапкъэхэр зэпызыгъэщхьэхукI блынхэр дэщIеиныр дызыхуэкIуэ зэманым и нэщэнэ хъункIэ зыхуэIуа щыIэкъым. Дызэрыщыгъуазэщи, 2015 гъэм къригъэжьауэ Латвием езымрэ Урысеймрэ я зэхуакум гъущI хъарым къыхэщIыкIа блын щыдрещIей. А лэжьыгъэхэр и кIэм нагъэблагъэ. Иджы США-мрэ Мексикэмрэ зэпызыгъэщхьэхукI блын яухуэным теухуа Iуэхум топсэлъыхь. Тепсэлъыхь къудей мыхъууи, абы теухуа лэжьыгъэхэр йокIуэкI. Мексикэм икIыурэ США-р псэупIэ зыщIхэм къэралыр гугъуехьхэм зэрыхадзэм, хэкIыпIэншагъэм кърихужьахэм наркотикхэмкIэ сату зыщIхэри зэрахэтым зэригъэгузавэм теухуа Iуэхур къыщаIэтам, Трамп къигъэувауэ щытащ къэралитIым я зэхуакум мывэ блын щыгъэувын икIи абы и уасэр Мексикэм итын хуейуэ. Ауэ мыдрейхэм американхэр зытрагъэхьакъым: блыным хуейр дэракъым, жаIащ. А ухуэныгъэм доллар меларди 5,7-рэ къэралым хухихын хуейуэ къыхилъхьат Трамп, ауэ ар Конгрессым къыдиIыгъакъым. Iэпхъуэшапхъуэхэм зэрапэувыну блыныр щIыным теухуа зэгурыIуэныгъэхэр США-м ярищIылIащ ухуакIуэ компаниеу тIум. Псори зэхэту а лэжьыгъэр доллар мелуан 976-кIэ хузэфIагъэкIынуи зэгурыIуащ. Зы IуэхущIапIэм ухуэныгъэр щригъэкIуэкIынущ Нью-Мексикэ штатым, адрейм блыныр Аризонэ штатым щыдрищIеинущ. Псори зэхэту а ухуэныгъэм километр мин и кIыхьагъыу щытынущ. Нобэ ♦ЦIыхум хьэршым япэу лъагъуэ щыхиша дунейпсо махуэу ООН-м игъэуващ ♦Авиацэмрэ космонавтикэмрэ я дунейпсо махуэщ. 1961 гъэм Гагарин Юрий «Байконур» щаутIыпща «Восток» кхъухьым ису дунейм щыяпэу хьэршым лъэтащ. ♦Къэзахъстаным ЩIэныгъэм и лэжьакIуэхэм я махуэр щагъэлъапIэ ♦1606 гъэм Инджылызым и пащтыхь Яков Езанэм Инджылызымрэ Шотландиемрэ я къэрал ныпыр къэщтэным теухуа унафэ ищIащ. Иджы ар Великобританием и къэрал бэракъщ. ♦1633 гъэм Италием щыщ астроном, физик Галилей Галилео и судыр Рим къалэм ящIэн щыщIадзащ. Илъэс 70 хъуа щIэныгъэлIыр ягъэкъуаншэрт Коперник Николай и Iуэху еплъыкIэхэр, Дыгъэм и хъуреягъыр ЩIым зы илъэсым къриубыдэу къызэрикIухьым теухуахэр, зэрыдиIыгъамкIэ. ♦1861 гъэм Урысейм и пащтыхь Александр ЕтIуанэм унафэ къыдигъэкIащ лэжьакIуэхэм папщIэ сымаджэщ Санкт-Петербург къыщызэIухыным теухуауэ. ♦1861 гъэм США-м Граждан зауэм, «Ищхъэрэмрэ Ипщэмрэ яку къыдэхъуа зауэ» зыфIащам, щыщIидзащ. ♦1919 гъэм Совет Урысейм коммунистхэм япэ щэбэт щIыхьэху щрагъэкIуэкIащ - Москва-Сортировочная станцым мафIэгуищ щызэрагъэпэщыжауэ щытащ а махуэм. ♦1943 гъэм Франджым «Нант» футбол клубыр къыщызэрагъэпэщащ. ♦1985 гъэм Горький къалэм дэт заводым «Волга» ГАЗ-24 автомобиль лIэужьыгъуэм хуэдэу къыщыщIагъэкIар зы мелуан ирикъуащ. ♦1823 гъэм къалъхуащ пьесэ щэ ныкъуэм щIигъу зи Iэдакъэм къыщIэкIа драматург цIэрыIуэ, Петербург щIэныгъэхэмкIэ и академием и член-корреспонденту щыта, Урыс театрыр зэфIэувэным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа Островский Алек­сандр. ♦1850 гъэм къалъхуащ Урысей империем и Министрхэм я советым и иужьрей унафэщIу щыта Голицын Николай. ♦1866 гъэм къалъхуащ урыс революционер, Ленин Владимир и къуэш нэхъыжь Ульянов Александр. ♦1913 гъэм къалъхуащ актёр, СССР-м и цIыхубэ артист, РСФСР-м и Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща Копелян Ефим. ♦1931 гъэм къалъхуащ публицист, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ КIумыхъу Жылэбий. ♦1931 гъэм къалъхуащ совет усакIуэ-уэрэдус, дунейпсо конкурс куэдым я лауреат Дербенёв Леонид. ♦1933 гъэм къалъхуащ Испанием щыщ оперэ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, къэрал куэдым я дамыгъэ лъапIэхэр зыхуагъэфэща Кабалье Монсеррат. ♦1942 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, публицист Къущхьэунэ Алексей. ♦1961 гъэм къалъхуащ эстрадэм и актёр, УФ-м щIыхь зиIэ и артист Гальцев Юрий. ♦1962 гъэм къалъхуащ музыкант, «Хор Турецкого» гупым и къызэгъэпэщакIуэ, УФ-м и цIыхубэ артист Турецкий Михаил. ♦1972 гъэм къалъхуащ урысей актрисэ, теленэтынхэр езыгъэкIуэкI, УФ-м щIыхь зиIэ артисткэ Кориковэ Еленэ. ♦1981 гъэм къалъхуащ УФ-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер, 2004 гъэм Афины щекIуэкIа гъэмахуэ Олимп Джэгухэм чемпион щыхъуа, Урысейм а спорт лIэужьыгъуэмкIэ и командэ къыхэхам и тренер нэхъыщхьэ Борзаковский Юрий. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, уэшх мащIэ къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 18 - 19, жэщым градуси 7 - 9 щыхъунущ. Лъэпкъ Iущыгъэ: Адакъэр мыIуэкIэ нэху щын къанэркъым. Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "388.txt" }
Къэбэрдей уэркъхэр Польшэм щозауэ XVI лIэщIыгъуэм Польшэм къэбэрдей уэркъитху зэрыкIуэгъамрэ иужькIэ абыхэм я щхьэ кърикIуамрэ теухуа лэжьыгъэр зи IэдакъэщIэкIыр лыхь (поляк) тхыдэтх Грушницкий Мартинщ. А тхыгъэр Иорданием щыпсэу ди хэ­куэгъу Жэмыхъуэ Амжэд зэридзэкIри, «Адыгэ псалъэм» тридзащ. Нобэ псалъэмакъым къыпещэ Германием къикIыжа, Мейкъуапэ щыпсэу еджагъэш­хуэ Едыдж Батырай. Дэ жытIэркъым мыбы къыщыхьа Iуэхугъуэхэр, цIэ-унэцIэхэр, лъэхъэнэр, нэгъуэщIхэри тэмэм дыдэу къэгъэлъэ­гъуа хъуауэ. Ахэр зэхэзыгъэкIыпхъэр тхы­­дэтххэрщ. Ауэ тхыгъэр лъэпкъ тхыдэм ехьэлIауэ зэрыщытри, абы лыхь щIэныгъэлI зэрытетхыхьари гъ­э­щIэ­гъуэнщ, ди гугъэщ ди щIэ­джы­кIакIуэхэми ар щIэ­щыгъуэ ящыхъуну. Польшэм и щIыналъэр псэупIэ зыхуэ­хъуа уэркъ щIалитхур Кавказ Ищхъэрэм къикIат, нэхъ тэмэмыIуэу жыпIэмэ, Псыжьрэ Тэрчрэ я зэхуаку дэлъ лъахэм. Мы щIыпIэм тэтэрхэр БештаукIэ, урысхэр ПятигорсккIэ йоджэ, ауэ и пэжыпIэр пщIэну ухуеймэ, абы и цIэр Къэбэрдейщ. Къэбэрдей, беслъэней адыгэхэрщ а лъахэм щыпсэур. XV-XVII лIэщIыгъуэхэм Къэбэрдейр къэралыгъуэ щхьэхуиту щытащ. А къэ­ралым Урысейм исхэр ЧеркесиекIэ (ШэрджэскIэ), лыхьхэмрэ литвинхэмрэ ПятиршкикIэ еджэрт. Къэбэрдеймрэ Къры­мымрэ быдагъэ яку дэлъащ - зыр къии­ныгъэ хэхуэмэ, адрейр къыщхьэщыжырт. ЩыIащ зэгурымыIуэныгъэхэри. Къэбэрдейр Урысейм и жыIэ щыщIэхуа 1555 - 1560 гъэхэм къриубыдэу Ук­раинэм и пащтыхьыкъуэ Вишневецкий Дмитрий урысхэр и гъусэу тэтэрхэм ­езэуащ. Илъэсищэ хуэдиз дэкIауэ Поль­шэм и пащтыхь хъуа Вишневецкий Дмитрий. Корбут Михаил и адэшхуэщ. А зэманым Польшэри, Украинэри, Бела­русри, Литвари зы къэралыгъуэу зэхэтащ. Дмитрий Запорожьем щыпсэу къэзакъхэр къызэщIиIэтэри, тэтэрхэм удын хьэлъэ иридзыгъащ, езыми лIыгъэшхуэ къигъэлъэгъуащ. Зауэ нэужьым Иван ЕплIанэм (Шына­гъуэм) Дмитрий Къэбэрдейм лIыкIуэу ­игъэкIуащ. Къэзакъ куэд абы щыгъуэ а щIыналъэм здишауэ щытащ дзэпщым. Адыгэхэм ягурыIуэу, я Iуэху дэкIынымкIэ щIэгъэкъуэн яхуэхъуу, Дмитрий илъэс зыбжанэкIэ абыхэм яхэсащ. ЦIэрэ щхьэрэ зиIэ бгырыс куэди и лъэныкъуэ ­къи­щIыфащ, и дзэми хигъэхьащ. 1561 гъэм Иван ЕплIанэр Польшэм щытеуэм, Дмитрий афIэкIа Урысейм ­къулыкъу хуищIэн идэжакъым икIи и хэкур ихъумэжыну Къэбэрдейм ­игъэзэжащ. Абы игъэгубжьащ урыс пащтыхьыр. «Дмитрий хьэм хуэдэу къакIуэри, хьэм хуэдэуи кIуэжащ», - аращ Иван Еп­лIанэм жиIауэ яIуэтэжыр. Ауэ Дмитрий и сэбэпынагъ ин и хэ­куэ­гъухэм яригъэкIыфакъым. Ар Бессара­бием щаубыдри, Истамбыл гъэру ира­гъэшащ. Тыркухэмрэ кърым тэтэрхэмрэ зэрезауэм папщIэ а къалэм ар щхьэпылъэ щащIащ. Дмитрий хэкум зэригъэзэжрэ мазих ­нэхъ дэмыкIауэ, къэбэрдей уэркъ щIалэ зыбжанэ Польшэм кIуэну ежьащ, Къэ­бэрдейм урысыдзэр игъэкъэбзыкIыжы­ным­кIэ щIэгъэкъуэн къахуэхъуну елъэIуну, лыхьхэм я гъусэу къулыкъу ящIэну. Урыс пащтыхьым ар щызэхихым, унафэ ищIащ «жыIэмыдаIуэ лъэпкъым» къы­хэкIа лIыкIуэхэр яукIыну. Польшэм и пащтыхьыр гуапэу къаIущIащ адыгэхэм, тыгъэ лъапIэхэри къа­хуищIащ. 1562 гъэм къэбэрдей уэркъитхур, я унагъуэхэмрэ зауэлI 300-рэ я ­гъусэу, а къэралым къызэрыкIуагъар щIэныгъэлIхэм ятхыжащ. Адыгэхэми хуабжьу ягу ирихьащ лыхьхэм зэрырагъэблэгъар. Дэфтэр тхыгъэжьхэм зэритымкIэ, мыхэращ а зэманым Польшэм кIуа къэбэрдей уэркъхэр: 1. Черкасский Къамбулэт и къуэ Къа­сым; 2. Черкасский Къамбулэт и къуэ Гав­рилэ; 3. Анчокъуэ Къудэнэт и къуэ Алек­сандр (Темрыкъуэпщым и благъэщ); 4. Сэлджий; 5. Черкасский Цымкъуэ и къуэ Тем­рыкъуэ. Иван ЕплIанэр щIегъуэжат е нэгъуэщI мурад гуэр ищIат, сытми адыгэ щIалэхэм ягъэзэжыну къелъэIуу Клобу­ков Алексей лIыкIуэ къахуищIащ, ауэ мыдрейхэм ар ядакъым. Адыгэ щIалэхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ католик диныр ­къащтагъэххэт. Сэлджийрэ Темрыкъуэрэ Польшэм и дзэм хэту зэхаша шэрджэс зауэлIхэм ­пашэ хуащIащ. Абыхэм зэрахьа лIыгъэм теухуа дэфтэрхэр щыIэщ. Псом хуэмыдэу куэд тратхыхьащ Темрыкъуэ. 1572 гъэм мэлыжьыхьым и 13-м Бессарабием и щIыналъэм Тыркумрэ Поль­шэмрэ я дзэхэр щызэпэщIэуващ. А зауэм лыхьхэр къыщыхагъащIэри къраху­жьэжат. Ауэ Темрыкъуэ и зауэлIхэр къа­хуикIуэтакъым, къебгъэрыкIуэ бийр абы­хэм къызэтрагъэувыIэгъащ. Лыхьхэм ­заугъуеижыху, Темрыкъуэ и шууейхэм тыркухэр зэтраIыгъащ. Польшэм и пащтыхьым пщIэшхуэ къыхуищIыжащ Темрыкъуэ: ар лыхь аристократхэм я бжыгъэм хитхащ, Подольем щIышхуэ, унэ-лъапсэ иту, къыщритащ. Апхуэдэурэ Подольем итIысхьа къэбэрдейхэм заубгъуащ. Хэкум къикIыурэ абыхэм зауэлI куэд къахэхъуащ. Илъэс зыбжанэм къриубыдэу адыгэдзэр Польшэм и дзэм ефIэкI хъуат. Бгырыс хъыжьэхэр хуэщIауэ а щIыпIэм щып­сэуащ 1785 гъэр къэсыху. А илъэсым Подольер Урысейм, Прус­сием, Австрием зэхуагуэшыжащ. Поль­шэм и дзэм адыгэ зауэлIу хэтыр нэхъ ­мащIэ хъууэ хуожьэ. ИужькIэ украинхэмрэ тэтэрхэмрэ къебэкI мэхъу. Ауэ зэуэкIэ хабзэр, зауэлI зэхущытыкIэр, шы гъэсэкIэр къэбэрдейхэм ейм къытенэжащ. Къэбэрдей уэркъитхумрэ адрей ­зауэлIхэмрэ я щIэблэр зыхэс лъэпкъым хуэм-хуэмурэ хэшыпсыхьыжащ. Урысейм Украинэр иубыда нэужь, афIэкIа По­дольем къина адыгэхэм я хъыбар къэIужакъым. Иджырей лыхь тхыдэтххэм къалъытэ курыт лIэщIыгъуэхэм я зэманым къэбэрдей зауэлIхэм Польшэм и дзэм зэ­хъуэкIыныгъэ щхьэпэхэр хуащIауэ, зауэ тактикэм зрагъэужьауэ. Мейкъуапэ къалэ Сурэтым: Лыхьыдзэм хэт къэбэрдей уэркъыр. 1562 гъэ Едыдж Батырай, философие щIэныгъэхэм я доктор, ЩIДАА-м и академик.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "389.txt" }
Дунейпсо адыгэ вагъуэхэр Ди щIыпIэм илъэс мин Iэджэ ипэкIэ щыпсэуа нартхэр гъэ къэс Хьэрамэ Iуащхьэ щызэхуэсырти и щыгум жаншэрхъыр кърагъэжэхырт икIи хэти лъакъуэкIэ, хэти натIэкIэ ар абы дрихуеижырт. КъищынэмыщIауэ, бэнакIуэхэм хэтIэ-хэсэ зэхаублэрт, махуэ зыбжанэкIэ зэкIэлъхьэужьу шыгъажэхэр ирагъэкIуэкIырт. Апхуэдэ щIыкIэкIэ я щIалэхэм я лIыгъэр, зэфIэкIыр ягъэнахуэрт, гъущIым хуэдэу я Iэпкълъэпкъыр япсыхьырт. ТекIуахэр лъэпкъ лIыхъужь пэлъытэу ягъэлъапIэрт. Арауэ къыщIэкIынущ нартхэм я щIэблэ адыгэхэм лIыгъэ зэхэгъэкIыпIэр ижь-ижьыж лъандэрэ къащIыдэгъуэгурыкIуэр икIи абыкIэ ехъулIэныгъэ телъыджэхэр щIаIэр. Ди лъэпкъым къыхэкIащ олимпидэхэм, дунейпсо, Европэ зэпеуэхэм текIуэныгъэ инхэр къыщахьыу къызыхэкIахэм я пщIэр лъагэу зыIэтахэр. Нобэ я гугъу фхуэтщIынщ спортым и уафэ къащхъуэм IупщIу къыхэлъыдыкIа адыгэ вагъуэхэм. Япэ Iыхьэ. Хамэ щIыпIэм къыщыхъуа пелуанхэр Догу (ГъукIэ) Яшар (бэнэкIэ хуит, алыдж-урым бэнэкIэ) Олимп Джэгухэм я чемпион - 1948 (Лондон, Инджылыз) Европэм и чемпион - 1946, 1949, 1951 Илъэс минитIым щIигъуащ Олимп зэпеуэхэр къызэрежьэрэ. ПIалъэ гуэрым ар зэпагъэуауэ щытами, тхыдэм къыхэтэджыкIыжащ икIи дунейм къытехъуа зэхьэзэхуэ нэхъ удэзыхьэххэм я деж жьантIэр щиIыгъщ. ДиIащ, диIэщ икIи диIэнущ абы адыгэ лъэпкъыр щызыIэта щIалэ ахъырзэманхэр. Апхуэдэхэм я лъагъуэхэш хъуащ Тыркум щыпсэуа ди лъэпкъэгъу Догу (ГъукIэ) Яшар. 1948 гъэм Великобританием и къалащхьэ Лондон щекIуэкIа XIV Гъэмахуэ Олимп Джэгухэм зэи къэмыхъуауэ чемпион щыхъуащ адыгэ щIалэ. Ар Тыркум хыхьэ Къарэ-Эмир къуажэм къыщалъхуа Догу (ГъукIэ) Яшарщ. БэнэкIэ хуитымкIэ зыхэта зэхьэзэхуэм абы и хьэрхуэрэгъу псори щыхигъэщIащ икIи хуэфащэ дыдэу дыщэ медалыр къихьащ. Догу Яшар алыдж-урым бэнэкIэмкIи бэнэкIэ хуитымкIи Тыркуми (1938 - 1954 гъэхэм), Балкан джэгухэми (1940, 1942), Европэми (1946, 1949, 1951) текIуэныгъэхэр къыщихьащ. И ехъулIэныгъэхэм папщIэ «Бэнэным и тхьэ» абы къыфIащащ. ИужькIэ Тыркум и командэ къыхэхам и тренер нэхъыщхьэу лэжьащ, чемпионхэр игъасэу. Къаплъэн (Ущхъуэ) Хьэмид 1956 гъэ, (бэнэкIэ хуит) Олимп Джэгухэм я чемпион - 1956 (Мельбурн, Австралие) Дуней псом я чемпион - 1957 XVI Олимпиадэр 1956 гъэм щэкIуэгъуэм и 22 - дыгъэгъазэм и 8-хэм Австралием и Мельбурн къалэм щекIуэкIащ. Абы хэтащ къэрал 68-м я спортмен мини 3-м щIигъу. БэнэкIэ хуитымкIэ зэпеуэхэм аргуэру ди лъэпкъэгъу щIалэ щаIэтащ. Ар Тыркум щыIэ Хьэмэмозу адыгэ къуажэм къыщалъхуа а къэралым пщIэнейрэ и чемпион хъуа Къаплъэн (Ущхъуэ) Хьэмидщ. КъыкIэлъыкIуэу Римрэ Токиорэ щыIа Олимп Джэгухэми абы дыжьын, жэз медалхэр къыщихьащ. 1956, 1957 гъэхэм Тыркум щекIуэкIа дунейпсо чемпионатым абазэхэм щIалэ Къаплъэн Хьэмид къыщыпэлъэщын къыхэкIакъым. Аталай (Нагъуэ) Мэхьмуд (бэнэкIэ хуит) Олимп чемпион - 1968 (Мехикэ, Мексикэ) Дуней псом я чемпион - 1966 1968 гъэм жэпуэгъуэм и 12 - 27-хэм Мексикэм и Мехикэ къалэм щекIуэкIащ XIX Олимпиадэр. Абы хэтащ къэрали 112-м я спортсмен мини 5,5-м щIигъу. Тыркум щыпсэу адыгэхэм я ещанэ текIуэныгъэр Олимп Джэгухэм щызыIэригъэхьащ Аталай (Нагъуэ) Мыхьмуд. ИлъэсиплI и пэкIэ Токио щыIа зэхьэзэхуэм абы къыщихьыфар еплIанэ увыпIэрати, къыкIэлъыкIуэм ар дыщэкIэ ихъуэжащ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, зи гугъу тщIа бэнакIуэ телъыджэхэр тхыдэм зэрыхыхьар тырку чемпионхэущ, урыс-кавказ зауэжьым иужькIэ къыщыхута къэралыгъуэм зыщыщ адыгэ лъэпкъыр щрагъэбзыщIурэ зэман кIыхькIэ къызэрекIуэкIам къыхэкIыу. (КъыкIэлъыкIуэнущ) ЖЫЛАСЭ Заурбэч.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "39.txt" }
ТхакIуэ Къущхьэ Севим Тыркум щыщ тхакIуэ ­цIэ­рыIуэ, ди лъэпкъэгъу пщащэ Къущхьэ Севим адыгэм и цIэр лъагэу иIэту щопсэу Истамбыл. Абы и Iэдакъэ романипщI къы­щIэкIащ икIи ахэр щIыпIэ куэдым дунейм къы­щы­техьащ. Тыркум ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм къыдигъэкI «Мазэрэ вагъуэрэ» газетым щылэжьащ. Иджыпсту ухуакIуэ фирмэм ин­женер-къэпщытакIуэу щы­Iэщ. Севим нобэкIэ итха ­романышхуэхэм къищы­нэмыщIауэ, щэнхабзэм ­теухуауэ щIыпIэ куэдым къы­щыдэкI журналхэм къыт­радзащ и Iэдакъэ­щIэкI­хэр. Къущхьэ Севим Къайсэр къалэм епха Узун Пынар (Псынэ КIыхь) къуажэ цIы­кIум къыщыхъуащ. И ныбжьыр илъэситIым иту и ­унагъуэр Истамбыл Iэп­хъуауэ щопсэу. Аращ курыт школри еджапIэ нэхъыщ­хьэхэри къыщиухар. Япэу зыхуеджар инженер Iэ­щIагъэрами, зэрыцIыкIу лъандэрэ тхакIуэ хъуну и ­хъуэпсапIэт. Инженеру ­тIэ­кIурэ лэжьа нэужь, ин­джы­лызыбзэ зригъэщIэн папщIэ США-м кIуащ. Хоп­кинс Джонс и университетым ­инджылызыбзэр щиджащ, абы щыгъуэм хуэмурэ тхэн щIидзащ. Ди лъэпкъэгъу пща­щэм япэу и Iэдакъэ къыщIэкIар «Узыншэу ущыт, Нисан!» романращ. Абы зи гугъу щищIыр езым и студен­тыгъуэ илъэсхэрщ: щIалэгъуалэм я зэхущытыкIэр, балигъ гъащIэм хэмыбэ­къуа ныбжьыщIэхэм я гуп­сысэкIэр, зэхэтыкIэр, нэ­гъуэщIхэри. Ар 1993 гъэм тхын иухри, 1996 гъэм дунейм къытехьащ япэ романыр. ИкIи тырку литературэм лъэрыхьу къыщалъытэ тхакIуэ цIэры­Iуэ­хэм а тхыгъэр нэхъыфIхэм зэ­рыхабжам Севим игъэгушхуауэ жыпIэ хъунущ. Абы хуэм-хуэмурэ къыкIэ­лъыкIуащ адрей романхэри. Псом нэхърэ нэхъ ­къехъулIауэ куэдым къалъытэ «Жьыбгъэмэ къы­зыпих шухэр» адыгэ лъэпкъым теухуа рома­ныр. Севим щыцIыкIум и адэшхуэ Гъузер, и адэ ­Решат, абы и къуэшхэм жаIэжу зэхихахэрщ и тхыгъэм гупсысэ нэхъыщ- хьэу къыщыгъэлъэгъуэжар. ИкIи илъэси 150-рэ и пэкIэ екIуэкIа зауаем, ди лъэпкъым и щхьэм къри­кIуам, хамэ щIыпIэ зэры­рапхъам теухуауэ Тыркум сыт щигъуэтми щIиджыкIщ, дэфтэр, архив куэдым хэплъэри, итхын щIидзауэ аращ. Къущхьэм и мурадхэм ящыщщ адыгэм я гу­ ща­багъыр, хьэщIэр фIыуэ зэралъагъур, ди хабзэм и ­дахагъыр къыщыгъэлъэ­гъуа роман итхыну. Тхьэм хущIигъэхьэ! Адыгэбзэ дахэ Iурылъу, адыгэм къызэрыхэкIар ищIэ­жу, абы и тхыдэр къы­щыгъэлъэгъуа и романхэр къэрал зэмылIэужьыгъуэ­хэм щызэбгрыкIыу Истамбыл щыпсэу ди лъэпкъэгъу бзылъхугъэм и зэфIэ­кIым, и дахагъэм уримыгушхуэнкIэ Iэмал иIэкъым. НэщIэпыджэ Замирэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "390.txt" }
Куэцэ Пщымахуэ и гъащIэмрэ гуащIэмрэ Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ къэрал библиотекэм и лъахэхутэ къудамэм мэлыжьыхьым и 9-м зэIущIэ хьэлэмэт щекIуэкIащ. Ар теухуат Кавказ Ищхъэрэм и жылагъуэ, политикэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ Куэцэ Пщымахуэ къызэралъхурэ илъэси 135-рэ щрикъум. Пшыхьыр къызэригъэпэщащ библиотекэм и лэжьакIуэ Безыр Ленэ. Зэхыхьэм ирагъэблэгъат КъБКъУ-м и адыгэбзэ, балъкъэрыбзэ къудамэхэм щIэс студентхэмрэ абыхэм я егъэджакIуэ, тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат Журт Анжелэрэ. Безыр Ленэ кърихьэлIахэм кIэщIу ягу къигъэкIыжащ Куэцэ Пщымахуэ и гъащIэмрэ гуащIэмрэ икIи абы теухуауэ игъэува тхылъ дапхъэм хигъэхьа лэжьыгъэ купщIафIэхэм яхутепсэлъыхьащ. Жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэм и къекIуэкIыкIам къызэхуэсахэр адэкIэ нэхъ куууэ хигъэгъуэзащ тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат Къармэ Iэмырбий. Куэцэ Пщымахуэ 1884 гъэм мэлыжьыхьым и 12-м къыщалъхуащ Налшык округым хыхьэ Тэрч областым щыщ къэбэрдей уэркъ унагъуэм. Абы и адэ ТIэмашэ нэхъапэм Сэрмакъ къуажэм дэсащ икIи Кавказ Ищхъэрэм сату Iуэхухэр щызэфIэзых хьэрычэтыщIэ жану щытащ. Кавказ Ищхъэрэм пщIэ нэхъ щызиIэу революцэмрэ граждан зауэмрэ я зэманым къацIыхуахэм ящыщщ Куэцэ Пщымахуэ. Новороссийск дэт гимназиер абы 1905 гъэм къиухащ. А илъэс дыдэм Пщымахуэ Бытырбыху дэт университетым и КъуэкIыпIэ факультетым щIэтIысхьащ, ауэ куэд дэмыкIыу а еджапIэ дыдэм и юридическэ къудамэм зригъэдзыжащ. Ар къызыхэкIауэ хуагъэфащэр Пщымахуэ япэ урыс революцэм хэпщIа студентхэм зэрахэтарщ. Ауэ а гурыщхъуэм щыхьэт техъуэу зы дэфтэри щыIэкъым. 1910 гъэм Пщымахуэ Бытырбыху дэт университетым и юридическэ къудамэр япэ нагъыщэр зиIэ дипломкIэ къиухри, а Iуэхугъуэм хуит зыхуищI лъэкIыныгъэхэри къыIэрыхьащ. ЩIалэм иджыри дипломыр къратыжатэкъым, Екатеринодар дэт хейщIапIэм хеящIэ нэхъыщIэу ягъэувынкIи хъунухэм щыхабжам. Абы и пэ къихуэу Тэрч областым и Iэтащхьэм Куэцэ Пщымахуэ теухуа дэфтэрым ар цIыху зэпIэзэрыту, къэралыгъуэм гурыщхъуэ къыщIыхуищIын щхьэусыгъуэ бгъэдэмылъу къыщигъэлъэгъуащ. 1910 гъэм дыгъэгъазэм и япэ махуэм Куэцэр щIэпхъаджащIэхэм я Iуэху зэхэзыгъэкI хейщIапIэм и къудамэм ягъакIуэри, 1911 гъэм мазаем и 11-м тхьэрыIуэ ирагъэтащ. А илъэс дыдэм мазаем и 17-м Пщымахуэ унафэкIэ цIыхубэ Iуэхухэр щызэхагъэкI хейщIапIэм и етIуанэ къудамэм ягъэкIуащ. КъыкIэлъыкIуэу накъыгъэм и 13-м Екатеринодар дэт хейщIапIэм щIэпхъаджащIэхэм я Iуэху щызэхагъэкI къудамэм ягъэIэпхъуащ икIи мэкъуауэгъуэм и 30-м езым и лъэIукIэ лэжьапIэм къыIукIащ. Зэман дэкIа нэужь, ар щIэрыщIэу хейщIапIэ Iуэхухэм хыхьэжащ, нэгъуэщI къалэнхэр иIэу. Новочеркасск дэт хейщIапIэ палатэм и зэхуэс 1911 гъэм фокIадэм и 4-м екIуэкIащ. Абы Куэцэ Пщымахуэ уэчылым (а зэманым а IэнатIэм зэреджэу щытар - «присяжный поверенный», иджы «адвокат») и къуэдзэу щыхахащ, Екатеринодар щыпсэун хуейуи къыхуагъэув. Куэцэ Пщымахуэ Екатеринодар хейщIапIэм къекIуалIэ Iуэхухэм хэлэжьыхьыу къулыкъур 1916 гъэм гъатхэпэм и 31 пщIондэ пэрытащ. 1916 гъэм мэлыжьыхьым и 31-м Екатеринодар хейщIапIэм кърита щытхъу тхылъым ипкъ иткIэ, Куэцэ Пщымахуэ Бгырыс хейщIапIэм и къадыуэ ягъэувыну унафэ къащтащ, зэрыхабзэуи, IэнатIэм зэрыхуэпэжынумкIэ тхьэ ирагъэIуащ. Куэцэ Пщымахуэ цIыхубэ IуэхукIэ и зэфIэкIыр Бытырбыху дэт, императорым и университетым щыщIэсымрэ Екатеринодар хейщIапIэм щыщылэжьа зэманымрэ наIуэ къэхъуащ. Иджыри хабзэхъумэ факультетым и еджакIуэу щыщыта зэманым, Куэцэм Хьэжылъашэ Мухьэмэд-Бэч зи пашэ адыгэ гупым Париж къыщыдагъэкIыу щыта «Муслъымэн» газетым тхыгъэхэр къытрыригъадзэу щытащ. Абы и тхыгъэхэм къыхощ ар «псори зыщIэувэфыну, цIыхубэр зэкъуэзыгъэувэфыну ныпыр Iэта зэрыхъуам» дамыгъэ хуэхъуа газетым гурэ псэкIэ зэрыщыгуфIыкIыр. «ГуфIэгъуэшхуэкъэ-тIэ ар гъащIэр нэху къыщызыщI, фIым тезыгъэгушхуэ дакъикъэхэр зэмэщIэкI, акъылэгъу зыгъуэтыгъуей, щIэныгъэ зыбгъэдэлъ гъунэгъухэм я зэхуаку зи закъуэу зыщызылъытэж муслъымэн еджам дежкIэ?!». Куэцэ Пщымахуэ зыхэта жылагъуэ Iуэхухэр и гъащIэм IупщIу къыхощ. КъулыкъукIэ ар Екатеринодар къалэм епхауэ къекIуэкIами, Къэбэрдейм пэIэщIэ дыдэу зэикI щытакъым. Пщымахуэ лIыкIуэу хэтащ 1910 гъэм и шыщхьэуIум екIуэкIа, Урысей шыхъуэхэм я съездми. Куэцэр жану зыхэтар цIыхубэ Iуэхухэм я закъуэкъым, атIэ къыщалъхуа къуажэм и гъащIэр ефIэкIуэнми хэлэжьыхьащ. А лъэныкъуэмкIэ мыхьэнэшхуэ иIащ 1914 гъэм екIуэкIа къуажэ зэхуэсым. Дэфтэр гуэрым дыкъыщоджэ: «Налшык округым и япэ Iыхьэм хыхьэ Бабыгуейм и япэ зэхуэсым къуажэ старшынэ Пщымахуэ Хъызыр дзыхь зыхуищI уэчылым и къуэдзэ Куэцэ Пщымахуэ съезд екIуэкIынум и лIыкIуэу хихащ». Гу лъытапхъэщ Куэцэ Пщымахуэ шы куэд зезыхуэ шыхъуэ ехьэжьауэ щытауэ къызэралъытэр зэрымыпэжыр. Пщымахуэ къэрал къулыкъущIэт, кавказ интеллигенцэм и вагъуэ лыдт, щIыналъэм нэхъ юрист Iэзэу исхэм языхэзт, ауэ шыхъуэу щытар абы и адэ ТIэмашэщ. Пщымахуэ 1905 - 1910 гъэхэм Бытырбыху зэрыщеджам, 1910 - 1917 гъэхэм хейщIапIэм къулыкъу зэрыщызэрихьэм къыхэкIкIэ Екатеринодар щыпсэууэ икIи щылажьэу зэрыщытам ущыгъуазэмэ, узыхуэкIуэр а гупсысэхэращ. ЦIыхубэ ущиякIуэ Куэцэ Пщымахуэ цIыхубэ Iуэхур дэгъэкIынымкIэ къигъэлъэгъуа хэлъэтыр Кавказ Ищхъэрэм революцэмрэ граждан зауэмрэ я зэманым наIуэ къэхъуащ. Куэцэр хахащ гъатхэпэм и 27-м къэунэхуа Налшык округым и Жылагъуэ гъэзэщIакIуэ комитетым. Къэбэрдеишхуэм, Джылахъстэнейм,бгырыс лъэпкъ зэгухьэныгъэхэм лIыкIуэу къагъэлъэгъуа цIыху 32-м Куэцэр яхэтащ накъыгъэм и 1-9-хэм екIуэкIа, Кавказ Ищхъэрэмрэ Дагъыстэнымрэ я Бгырыс съездым. Пщымахуэ абы и лэжьыгъэм жан дыдэу хэлэжьыхьащ, щIэрыщIэу хахыжа Комитет Нэхъыщхьэми хагъэхьащ. Совет властыр Кавказым щытекIуа 1917 гъэм и жэпуэгъуэм революцэр Петроград щытекIуэу къэралым зыщиубгъун щIидза нэужь, Кавказ Ищхъэрэр зэрыт щытыкIэр нэхъ гуащIэ хъуат. Бгырыс зэгухьэныгъэм и Комитет Нэхъыщхьэм езым щыщхэм къахихри, 1917 гъэм и щэкIуэгъуэм Бгырыс правительствэ къызэригъэпэщащ. Абы и Iэтащхьэу Бгырыс зэгухьэныгъэм и унафэщIу щыта Чермоев Абдулмэжид трагъэуващ; къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру Куэцэ Пщымахуэ хахащ, Бамматов Гайдар – хамэ къэрал IуэхухэмкIэ министру, Джабагиев Вассан-Гирей - мылъку IуэхухэмкIэ министру ягъэуващ. А зэман дыдэм ирихьэлIэу Тэрч-Дагъыстэн правительствэ зэгухьа къызэрагъэпэщри, цIыхубэм я мамырыгъэ Iуэхухэр Куэцэ Пщымахуэ и пщэ далъхьащ. Тэрч областымрэ округымрэ щыщ комиссархэм, комитетхэм, къалэ унафэщIхэм, гъущI гъуэгу лэжьакIуэхэм, милицэм мамырыгъэр хъумэн IуэхукIэ Пщымахуэ зэрызахуигъэза дэфтэрхэм къагъэлъагъуэ абы хабзэмрэ мамырыгъэмрэ цIыхубэ гъащIэм хэпщэнымкIэ зэфIэкIышхуэ зэрыбгъэдэлъар. Куэцэм Iулыджышхуэ зэриIам и щыхьэтщ Налшык округым ис адыгэхэми, балъкъэрхэми, урысхэми ар Учредительнэ собранэм лIыкIуэу зэрыхахар. 1918 гъэм Тэрч областым Совет властыр щытекIуа нэужь, Бгырыс зэгухьахэм я союзым и Iэтащхьэхэр Iуэхум нэхъ ерыщу тегушхуахэщ. Чермоев Абдулмэжид зи пашэ лIыкIуэхэр 1918 гъэм накъыгъэм и 11-м Батуми кIуа нэужь, абы щекIуэкIа конференцым Бгырыс (Кавказ Ищхъэрэ) Республикэр щхьэхуиту ягъэIуащ. А конференц дыдэм Бгырыс республикэм Уэсмэн къэралыгъуэмрэ Германиемрэ зэгурыIуэныгъэкIэ ябгъэдэуващ. Уэсмэн правительствэм Бгырыс республикэр зэрыщхьэхуитыр къабыл ищIащ, Германиер абыкIэ арэзы хъуакъым. Бгырыс республикэр щхьэхуиту ягъэIуа нэужь, Правительствэм и унафэщIу ягъэува Чермоев Абдулмэжид Константинополь къикIыжри Тифлис къыщыувыIат. ГъэзэщIакIуэ комитетым щыщхэу абы и деж кIуахэт адыгэ Куэцэ Пщымахуэрэ ингуш Джабагиев Вассан-Джэрийрэ. Ахэр абдеж дыдэм Бгырыс Республикэм и министрхэу ягъэувахэщ. Чермоевым и Правительствэм министру щылэжьэху, Куэцэр жану къэрал щIыб политикэ Iуэхухэм яужь итащ. Псалъэм папщIэ, Германиер республикэщIэм IэщэкIэ къыдэIэпыкъун папщIэ Пщымахуэ фон Крейс гурыIуэну хэтащ. 1918 гъэм и гъэмахуэмрэ бжьыхьэмрэ къыщыхъуахэм тепсэлъыхьыжу Куэцэ Пщымахуэ етхыж: «Хабзэншагъэмрэ унафэншагъэмрэ ди щIыпIэхэм къэса нэужь, къызгурыIуат ди къарукIэ Iуэхур зэрытхузэмыгъэзэхуэжынур. А зэманыр зэрыщыту тедгъэкIуэдащ дэIэпыкъуэгъу тхуэхъун къару къэдгъуэтыным. Къэдгъуэтахэм щхьэж езым и Iуэху зэрихуэжырт, ауэ зэрахузэфIэкIкIи къыддэIэпыкъухэрт. Хуэмурэ зы гупыр текIуэтри, нэгъуэщIхэр къытеуващ. Лъым щIигъэна Къэбэрдейм сихьэну Iэмал сыщылъыхъуэ дыдэм ирихьэлIэу, инджылыз унафэщIхэм унафэ къызэдэтщтэн папщIэ Баку сраджащ». Лъэныкъуэхэм 1918 гъэм щэкIуэгъуэм и 26-м зэпсэлъэн щIадзащ. А зэIущIэм Инджылызым къабыл щищIащ Бгырыс Республикэр зэрыщхьэхуитыр, ауэ пыухыкIа унафэр къащтэну Париж щекIуэкIыну мамырыгъэ конференцым ягъэIэпхъуэри, Куэцэ Пщымахуэ ПравительствэщIэ зэгухьа иухуэн хуейуэ къыхуагъэуващ. Пщымахуэ ар захуагъэу къызэрилъытэр жиIащ, ауэ Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъхэм я унафэ хэмылъу апхуэдэ пщэрылъ къищтэну арэзы хъуакъым. Дыгъэгъазэм и 18 - 22-хэм Темырхъан-Шурэ щекIуэкIащ Дагъыстэным, Шэшэным, Осетием икIа лIыкIуэхэмрэ къэбэрдей адыгэ зыбжанэрэ зэкIуэлIа съезд. А зэхуэсым Чермоевыр зэрытекIыр къабыл ищIри, унафэр Куэцэ Пщымахуэ IэщIилъхьащ. Абы ипкъ иткIэ, Куэцэм и Правительствэм дэлэжьэну инджылыз къэралыгъуэм и унафэкIэ полковник Роуландсон зи унафэщI зауэлI гуп къаутIыпщащ. 1919 гъэм щIышылэм и 20-м Темырхъан-Шурэ Бгырыс республикэм и Парламентыр къыщызэIуахащ. Абы къыщыпсэлъащ Правительствэм и унафэщI Куэцэ Пщымахуэ. Зэхуэсым хэтхэр абы къыхуриджащ къэунэхуагъащIэ республикэм къыхуэщхьэпэн лэжьыгъэм щызэкъуэувэну. Бгырыс Республикэм Деникин и дзэхэр къыщиужьгъа а зэманым нэхърэ нэхъ гугъу щIыналъэм къыхуихуатэкъым. 1919 гъэм мэлыжьыхьым и 10-м Куэцэ Пщымахуэ Деникин генералым хуэзэну Грознэ къалэм ирагъэблэгъащ. Куэцэм кIуэн щимыдэм, абы и пIэкIэ Парламентым Каплановымрэ шэрихьэт IуэхухэмкIэ унафэщI Гоцинскэмрэ яутIыпщащ. Деникиным Бгырыс Республикэм и лIыкIуэхэм къажриIащ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэр езым и жьауэ зэрыщIэувам ипкъ иткIэ я щхьэхуитыныгъи я тепщэгъуи къабыл зэримыщIыр. Кавказ Ищхъэрэмрэ Кавказ АдрыщIымрэ совет властыр щыува нэужь, бгырыс щхьэхуитыныгъэм щIэбэна куэдым ещхьу, Куэцэ Пщымахуэ Тыркум Iэпхъуащ. ЯпэщIыкIэ ар Самсун дэсащ, иужькIэ Истамбыл Iэпхъуэри, дунейм ехыжыху абы щыпсэуащ. Зауэ нэужьым адыгэ хэхэсхэм Нью-Йорк къалэм «Коммунистхэм япэщIэт муслъымэн зэгухьэныгъэрэ» «Бгырыс зэгухьэныгъэрэ» къыщызэрагъэпэщауэ щытащ. Истамбыл «Бгырыс зэгухьэныгъэ» щылажьэрт, Кавказ Ищхъэрэм икIа гупым я гъусэу абы жану хэтащ Куэцэ Пщымахуи. «Кавказ Ищхъэрэм и хуитыныгъэм папщIэ екIуэкIа зауэм теухуа напэкIуэцIхэр» и фIэщыгъэу 1961 гъэм Истамбыл Куэцэм и тхылъ къыщыдэкIауэ щытащ. Бгырыс Республикэм и правительствэм и унафэщIым и нэкIэ еплъыжурэ, абы ар щытопсэлъыхь илъэс 40 и пэкIэ екIуэкIа бэнэныгъэм. Куэцэ Пщымахуэ Тыркум щыпсэуащ икIи щылIэжащ. 1962 гъэм щIышылэм и 8-м и ныбжьыр илъэс 78-рэ хъууэ дунейм ехыжащ. Ар щыщIалъхьащ къэралыгъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэхэм хуащI пщIэр иIэу. «Кавказ Ищхъэрэ Республикэм и Президенту щыта», - тетхащ абы и кхъащхьэм. ТЕКIУЖЬ Заретэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "391.txt" }
МЭРЕМ ПШЫХЬ Тхыгъэ кIэщIхэр Лъэс лъагъуэ цIыкIу «Сэ къыстеувэ, ущIегъуэжынкъым, сэ уздэзмышэфын щIыпIэ щыIэкъым, - жиIащ лъэс лъагъуэм, зэгуэрым жыжьэ сыкIуэну мурад сщIауэ ди пщIантIэ сыкъыщыдэкIым. Сэ ар згъэщIэгъуащ. «Уа, сыту щхьэщытхъу мы лъэс лъагъуэ цIыкIур! - жысIэрт сигукIэ, абы сытету сыздэкIуэм. - Сэ сщIэркъэ уэ уи кIыхьагъыр здынэсыр - мес мо автобус къэувыIэпIэм сепшэлIэфыну къудейщ». Арати, гъуэгушхуэм сынос, автобусым сотIысхьэри сожьэ. Абы сешэ гъущI гъуэгу станцым. МафIэгум сотIысхьэри адэкIэ сокIуэ. СыздэкIуэм, лъэс лъагъуэм и псалъэхэр сигу къокIыжри, согупсыс: «Сыт ар щхьэщытхъуу къыщIысфIэщIар? Пэжщ, жиIар абы: щIыпIэ я нэхъ жыжьэ укIуэнуми, япэщIыкIэ узытеувэр пщIантIэм удэзыш лъагъуэр аракъэ?! АбыкIэкъэ къызэрыщIидзэр дэтхэнэ гъуэгушхуэми - жыжьэми гъунэгъуми?! Упсэу, си лъэс лъагъуэ цIыкIу! Уэ узимыIамэ, жыжьэ сынэсыфынт сэ?!» МыIэрысейм и жэуапыр Зэи зыри къызыпымыкIэ жыгыр мыIэрысэ куэдыщэм зи къудамэхэр кърищIэх мыIэрысейм щIэнакIэрт: «Еплъ абы и нэпсеягъым! ПхуэмыIыгъынум хуэдиз къэпщтауэ щхьэ уи къудамэхэр ебгъэкъутэрэ?! Гъэ къэси аращ къыпщыщIыр. Зэ губзыгъэ щхьэ умыхъурэ?!» МыIэрысейм абы щэныфIэу жэуап ирет: «Пэжщ, си къудамэ зытIуи къутащ, яхуэIыгъакъым къапыкIам и хьэлъагъыр. Ауэ ар Iуэхукъым, сэ абы сыкъелынщ. Нэхъыщхьэр - къыпыкIа мыIэрысэ куэдым цIыхухэр зэрагъэгуфIэнурщ. Аракъэ атIэ насып жыхуаIэжыр?! Ауэ ар уэ къыбгурыIуэнукъым: уэ игъащIэм зы пхъэщхьэмыщхьэ цIыкIуи къыппыкIакъым, итIани укъысхущIобжэ, насыпыншэ!» Мастэмрэ щIыIумрэ ЩIыIур тхьэусыхэрт, мастэм зыхуигъэгусэу: «ЛэжьапIэфI къыпхуэзгъуэтащ, жыпIэри Iуданэ быдэкIэ джанэбгъэм сибдащи, зызгъэхъей мыхъужу, хуитыныгъэ гуэри симыIэжу сыкъэнащ. Ар гъащIэ сытми! Уныбжьэгъу пэжу си гугъами, сыбгъэщIэхъуащ». Абы и жэуапу мастэм моуэ жеIэ: «Узахуэкъым, щIыIу. Тэмэму егупсысыт Iуэхум: уэ зыщIыпIэ дежи уимытамэ, минрэ ущхьэхуитами, хэтыт къыпхуейр?! Зы сэбэпынагъ гуэри уиIэнтэкъым, адэкIэ-мыдэкIэ укъыдэхуу уи дунейр пхьынт. Иджы лэжьыгъэ уиIэщ, Iуэхуншэу ущыскъым, уи къалэнри хъарзынэу уогъэзащIэ, аращи, зумыхъунщIэ, ущымыуэ. Ауэ гугъукъэ, уакъыл мащIэмэ! ЩIыIум иукъуэдиящ хуит ящIын хуейуэ. ИкIи ящIащ - джанэм кърачыжри хыфIадзэжащ. Иджы абы уэшхри къытошхэ, уэсри къытосэ, къэзыхъумэн гуэри иIэкъым. ЩIыIур щIегъуэжащи зэрыта джанэр къелъыхъуэж. Куэдрэ игу къокIыж абы и бгъэм лыдыжу щита зэманыр… Къагъырмэс Борис. ГушыIэ ЩхьэщIыжу аращ Мурат аргуэру лэжьапIэм ефауэ кIуат. УнафэщIым ар щилъагъум, езым и деж ириджащ. - Е зиунагъуэрэ, емыкIущ ар, хьэдыгъуэдахэщ, уемыфауэ зы махуэ укъакIуэркъым, уи гъащIэр чэф зэпыту бохь! - и фIэщу ешхыдэрт унафэщIыр къыщIишам. Мурат, и щхьэр щIэгуауэ, и унафэщIым едаIуэщ, едаIуэри жиIащ: - Уэлэхьи, игъащIэм зэ фIэкIа семыфа! - Сыт жыпIэр зищIысыр? УукIытэркъэ? Дауэ игъащIэм зэ фIэкI узэремыфар? - Иджыри жызоIэ, зэ фэкI сефакъым игъащIэм, адрейхэр щхьэщIыж хуэдэурэ екIуэкIыу аращ. Жылау Нурбий. Нэщэнэхэр Уи набдзэр шхэмэ… Уежьауэ къэбгъэзэжмэ, уи Iуэху къохъулIэнукъым жаIэрт. Уи бзэгу зыгуэр къыхэкIмэ, бзаджэ къыбжаIэну къалъытэрт. Уи набдзэр шхэмэ, зыгуэрым сэлам епхынущ. Уи Iэхэр уи щхьэщыгум щызэрыбдзэну фIыкъым жаIэрт. Унэм цIыв къыщIыхьэну фIыщ. Уэлбанэ щыхъунум и деж фэ шыуар псыIэ мэхъу. Уи бзэгур шхэмэ, лыщIэ пшхынущ жаIэрт. Уи пщIантIэкIэ псы дахыну фIыкъым. Укъепсми ухущхьэми уи Iэр уи жьэм Iулъхьэ жаIэрт. Щхьэц налъэ тхъуа къыхэпчыну фIыкъым. Хьэр къугъуреймэ, гузэвэгъуэ щыIэу жаIэрт. Сабийм и дзэр къыхэкIыху гъуджэ ира­гъаплъэртэкъым, ар къэкIыгъуей мэхъу жаIэрти. Сабийр хущхьэрей хъуамэ, нэ техуауэ къалъытэрт. Уафэр и мычэзууэ гъуагъуэмэ, фIыкъым, мэкъумэшыр шэджэладжэ мэхъу жаIэрт. Ужьэ уи щIапIэ къихьэну фIыуэ къалъытэ. Уи хьэ дэкIыу кIуэдыну фIыкъым, жаIэ Анзор лIы цIыкIу Хъыбарыжь Дыгъэр къухьэрт, абы и бзий зэщIикъуэжхэр къуршыщхьэхэм щхьэдихьэхыжауэ. КъызэрагъэщIэрэщIэжрэ куэд мыщIа Тэтэртуп азэн джапIэм деж дыщытт, Тэрч аузымрэ Джылахъстэней бгы екIуэкIымрэ къызэпэтплъыхьу. Елъхъуэт къуажэм щыщу хьэщIагъэшхуэ къызэзыха си бысым Ардасенов Мысост сщIыгъути, абы Тэтэртупым теухуауэ мы хъыбарыжьыр къызжиIэжащ. Куэд щIащ абы лъандэрэ. Тэтэртуп къалэжьым и лъагапIэ дыдэхэм ящыщ зы шордакъ гуэрым щыпсэурт Надихъан гуащэ дахэр. Абы уэсым хуэдэу къыу хужьу зызэрихъуэкIырти, хъущIэу ежэх Тэрчыжьым и псыпыхухэм махуэ къэс зыщигъэпскIырт. Апхуэдэу Iуэхур зэрыщытыр къещIэ къэбэрдей щIалэ Анзор лIы цIыкIукIэ зэджэм. Ар лIы кIэщI цIыкIут, ауэ щхьэмыгъазэт, лIы мышынэт, и гур аслъэныгут. Гуащэм псым зызэрыщигъэпскIыр къилъагъури, лIэн-къэнэну егуэкIуащ. Арати, абы фIэкI нэхъ хэмылъу, зыIэригъэхьэну мурад ищIащ. Куэдрэ еплъэкIуащ, куэдрэ ещэкIуащ, ауэ сыт имыщIэми, къыхуэубыдыртэкъым. Лъатэрти, IэщIэкIыжырт къыу хужь дахэр. Щымыхъуххэм Iэмал хуекIуащ: тхыпхъэщIыпхъэкIэ гъэщIэрэщIауэ пхъуантэ дахэ ищIщ, абы зригъапщкIуэри Тэрч здежэхымкIэ зригъэхьэхащ. Иджы ардыдэм ирихьэлIэу, абы и псыпыхухэм зыхигъапскIэрт къыу гуащэ тхьэIухудым. Псым ирихьэх пхъуантэм къыум гу лъитащ, ар фIэгъэщIэгъуэн хъуауэ гъунэгъу дыдэу къыщесылIэм, Анзор лIы цIыкIур гъуанэмкIэ къиIэбыкIри, зызыгъэпскIыу псым хэс къыур напIэзыпIэм къиубыдащ. Гъэр хъуа гуащэр гуIэу къэлъэIуащ: - СутIыпщ, ер зи гущхьэм кърих жин фIыцIэ, сутIыпщ сэ къуалэбзу тхьэмыщкIэр, щхьэхуит сыщIыжи, си дамэхэм сегъэIэтыж. Сыт уэ бзаджагъэу уэзлэжьар? СутIыпщи, си гъуэм, чэщанэм сыгъэкIуэж. Анзор гуащIэу зэуэ жэуап къитащ: - Уей, - жи, - гуащэу дахэкIей, гуащэу щыIэм я лей, сыту Iейуэ ущыуа, сэ сыжин фIыцIэкъым, атIэ уэ хьэщыкъ пхуэхъуа, Къэбэрдейм щыщ фызкъэмышэ щIалэ Анзор лIы цIыкIу жыхуаIэр сэращ. Уэ, шэч хэмылъу, зэхэпхауэ къыщIэкIынщ тенджызитI зэхуакум хэIущIыIу щыхъуа Анзор лIы хахуэм и цIэр? Гуащэм жэуап къетыж: - Хьэуэ, зэхэсхакъым икIи усцIыхуркъым, сыгъэлъагъу уи лIыгъи, итIанэ ууей сыхъунщ: къумым кIуэи, брул защIэу шыбз гуартэ къэху, фIыцIафэ зыщIэлъадэ хакIуэ пцIэгъуэплъ хэтыжу. Апхуэдэ шыбз гуартэ зиIэр Мансур хъанырщ, мис абы къытепхрэ къэпхуфмэ, итIанэ сэ уэ срыуейщ. - Хъунщ, дэгъуэщ, гуащэу щыIэм я лей, иджыпсту гъуэгуанэ сытохьэ, - жиIэри Анзор лIы цIыкIум къыур иутIыпщыжащ. Арыххэуи, а зы напIэзыпIэм къыур уафэпшэм хыхьэжащ, и чэщанэм зэрынэсыжуи, узримыгъэплъу цIыхубз дахэу зызэрихъуэкIыжащ. ЛIыхъужь мэхъэшам и шы-уанэр зэтрилъхьэщ, и шыныбэпхыр щIикъузэри гъуэгуанэ техьащ, къумым хуэкIуэу. Бэлыхь Iэджи телъауэ, гугъуехь Iэджи игъэвауэ, икIэм-икIэжым и мурадым и Iэр тригъэхуащ - и къэшэн дахэм насыпыфIэу дэпсэун папщIэ щIитыну уасэу шыбз гуартэр и пэм иту къеху. Мис Тэтэртупми къоблэгъэж. Шы гуартэр къыздихум, къыкIэлъыпхъэра хъаныдзэм лIыхъужьу яхозэухь. Сыт ямыщIами, къатрихауэ къафIеху. Арати, зэуэ, уащхъуэдэмыщхъуэу Надихъан гуащэр шордакъым къоувэ. Анзор лIы цIыкIум ар къелъагъу. Абы и дахагъэм лIыхъужьым и нэр апхуэдизкIэ къыщипхъуати, теплъэкъукIри бийр гъунэгъу къызэрыхъур, къызэрыбгъэдыхьапэр илъагъужыркъым. Ар зэгупсысыр къыпэщылъ насып гуфIэгъуэрт. АрщхьэкIэ… псори зэуэ зэтещэхэжащ. Абы къылъэщIыхьа шу гупым яхэт Даут-Хьэжы абрагъуэжьыр къыжьэхэуэри Анзор шым иридзыхащ, сэшхуэмкIэ къеуэри и щхьэр къыфIихащ. А напIэзыпIэм чэщанэм гыз макъ къыщIэIукIащ, къыу хужьыр къелъэтэхри яукIауэ щылъ лIыхъужьым и бгъэм къытетIысхьащ. НапIэ дэхьеигъуэ нэхъ хэмылъу а дакъикъэ дыдэм Тэрч къиури хъаныдзэр итхьэлащ. Уэру ежэх псышхуэм и псыпыхухэм япхъуэтауэ Анзор и хьэдэр ирахьэхырт, абы и бгъэм тест къыур, цIыху фIэкIа умыщIэну и щауэр игъеижу. КIурашын БетIал. Хабзэ ЩхьэлъащIэм и хьэтыркIэ Адыгэ хабзэр зыщIэ, зи щхьэ пщIэхуэ зы­щIыж дэтхэнэ цIыхухъури мэтэдж цIыхубз къыщыщIыхьэкIэ, къыщыбгъэдыхьэкIэ, щыблэкIкIэ. ЦIыхухъурэ цIыхубзрэ зэгъусэу щытмэ, щысмэ е гъуэгу теувэмэ, цIыхухъум цIыхубзыр и ижьырабгъумкIэ егъэув (егъэтIыс), ауэ и гъусэр и щхьэгъусэмэ, здигъэувыпхъэр (здигъэтIысыпхъэр) сэмэгумкIэщ. АбыкIэ къащIэу щытын хуейщ ахэр зэрызэщхьэгъусэр. ЦIыхухъуитI зэщыхьамэ: «ЩхьэлъащIэм и хьэтыркIэ щывгъэт», - жиIэу цIыхубзым и IэлъэщIыр абыхэм яку дидзамэ, зэзэуэну зэпэщIэувахэр зэпикIуэтыжырт. «ЦIыхубз пшэрыхь хущанэ», - жыхуиIэм къикIыр щакIуэ е бдзэжьеящэ щыIа цIыхухъум къихьым щыщ япэ зыхуэзэ цIыхубзым тыгъэ хуищIын хуейуэ жызыIэ щыIэщ, ауэ мыбы къикIыр абыкIэ зэфIэкIыркъым, атIэ цIыхубзым дэнэ дежи, сыт щыгъуи пщIэ лей зэрыхуэщIыпхъэрщ. Нэмысыншэу къалъытэ къигъафэ хъыджэбзым жьэхэуэ щIалэр, цIыхубзхэм, сабийхэм яхэту тутын ефэр, псалъэ фIей жызыIэр, чэфу ябгъэдэтыр, абыхэм я пащхьэ щIыкIейуэ итыр. Унэм щыщIыхьэкIэ, куэбжэм щыдыхьэкIэ адыгэ цIыхубзхэм цIыхухъур япэ ирагъэщ, ар я щIыб ирагъэплъэну къахуегъэкIуркъым. Адыгэ хабзэмкIэ цIыхубзыр цIыхухъухэм япэ щрагъэщыр нэщхъеягъуэ здэщыIэ пщIантIэм щыдыхьэм дежщ. ЦIыхубз фIэкIа зыбгъэдэмыс Iэнэм щхьэ щIэлъэныкъуи, нэгэгъуи яхьыркъым, щыуагъэкIэ кIуами, якъутэркъым, ягуэшыркъым. ЦIыхухъу гупым яхэт цIыхубз закъуэм е тIущым я Iэр нэхъапэ яубыд. ЦIыхухъурэ цIыхубзрэ IэплIэ зэхуащIын хъумэ, бзылъхугъэрщ жэрдэмыр зейр. ЦIыхухъум япэ цIыхубзым IэплIэ иришэкIыныр емыкIуу къелъытэ адыгэ хабзэм. ЦIыхухъум япэу IэплIэ зыхуищIыпхъэр анэшхуэ, анэ шыпхъу, адэ шыпхъу, езым и шыпхъу дыдэхэрщ. Дунейпсо этикэм къызэригъэлъагъуэмкIэ, цIыхухъурэ цIыхубзрэ щызэхуэзам деж сэлам ирихыну япэ Iэбэн хуейр цIыхубзырщ, ауэ ар адыгэ цIыхубз щыпкъэм къыхуегъэзэгъыркъым. КъыхуегъэкIуркъым езым и Iэр япэ ишийуэ цIыхухъуIэм IэщIилъхьэну. Ар зыщIэ, хабзэ зыхуэхъуа адыгэ цIыхухъухэми езыхэм я Iэр япэ яшийрэ сэлам ирахыу есащи, абы тету йокIуэкI. Жылау Нурбий. Сабийхэм жаIэ Къысхуэпхьынум елъытауэ Дисэ: Динэ, укъыщалъхуа махуэм себгъэблэгъэну? Динэ: СщIэркъым, иджыри сегупсысакъым. Ар къысхуэпхьыныращ зэлъытар. Гу лъитакъым ЗэпрыкIыпIэм деж щыт полицэм гъуэгу техьэну ежьа щIалэ цIыкIур къигъэувыIэри еупщIащ: - Плъагъуркъэ лампI плъыжь къыпынар? Сабийм зэхэзещхъуэну жиIащ: - ЛампIыр слъэгъуащ, гу зылъызмытар уэращ. ДимыIэжуи? - Кхъузанэр къысхуэхьыт, си хъыджэбз цIыкIу, - зыхуигъэзащ анэшхуэм пхъурылъхум. - ДимыIэжуи? Ар зэрыщыту гъуанэ хъуати, хыфIэздзащ. ЩIыIухэр зыхуэдэр ЕджапIэ зытIэщIыпIэм уэздыгъэр щыункIыфIат. Къантемыр зихуэпэжатэкъым. - Уи бэлътор дауэ къэбгъуэтыжыну? - зыхуигъэзащ абы Хьэлым. - И щIыIухэмкIэ. - Ахэр сыт хуэдэ? - ИмытIамэ, зыхуэдэнур сыт? Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "392.txt" }
Зэгъэщтокъуэ Людэ и усэщIэхэр ЗэшыпхъуитI Зэхуэзащи зэшыпхъуитI, Зыр ГъащIэщ, адрейр Ажалщ. Я цIэм ящIыркъым гуитI-щхьитI, ЯIэкъым тIуми Iэмал. ЯгъэзащIэ я къалэн, Тхьэ унафэхэм пэрытщ, ЦIыхухэм хуащIми губгъэн, Я пщэрылъыр япэ итщ. ГъащIэм нурыр къыщхьэщех, Щысщ Ажалыр, зыкърех, Я къалэнхэр зэщхьэщокI, Тхьэм и лъабжьэми щIэмыкI. ГъащIэ зиIэм псэ ирет, Къэсым пIалъэр хьэршым ехь, Псори Тхьэм дриIумэтщ, Дызытетыр - жэщ и пщIыхьщ. ЗэхуогуфIэ, зэбгъэдэсщ, ЗыхуэкIуэнур хэт ищIэн? ЗэшыпхъуитIыр шурылъэсщ, Тхьэм къуимытыр хэт къуитын? * * * Къащыхъужу дуней псор я лъэгу щIэтын, Нобэ къэжэпхъахэр мэхъур куэд, Лъахэм щхьэкIэ зи псэр зыхуэтын, Зы къысфIэщIкъым абыхэм яхэт. Лъахэу ябжыр я мылъку щагъэтIылъщ, Ныбжьэгъугъэр щхьэж и жып кууагъщ, Ахэм унафэшхуэ яIэщIэлъщ, Я гъуэгу и кIыхьагъри и бгъуагъщ. МэжэщIалIэм ахэр хуэгунэфщ, Махуэ Iус зимыIэм щодыхьэшх, Я акъылыр хъуащи къаплъэнэф, Мылъку хьэрэмыр ямыщI мыхьэмышх. МакIуэр гъащIэр, цIыхур къалъху, мэлIэж, Псори зэщхь щIы фIыцIэми ещIыж, Мылъкур къонэ, тщIар дэ ди Iэужьщ, Ди дэфтэрыри Iэ ижькIэ ятх. * * * Гъатхэ щIэращIэ, ПсэщIэ гумащIэ, Гум и нысащIэу, КъэгъэщI уэ псэщIэ. ЩIылъэ дахащэ, Сэ си гуращэ, КъызэIущащэ Насып зэIупщэу. Дыгъэ бзий гуапэ, Убыд си Iэпэр, Сишэ сэ япэ, Утыку и бжьэпэм. Удзыпэ щхъуантIэ, Гуапэщ уи жьантIэр, Псоми я пщIантIэр, Ухъу насып натIэ. * * * Зэгуэрым хъуаскIэ ину къэлыдауэ, Щыта си лъагъуныгъэр ужьыхащ, И мафIэ бзийм силыпщIу къысщIидзауэ, Схуэбла гурыщIэр гъащIэм хэжыхьащ. Хэжыхьри мывэ дзакIэу щIыIэ хъуащ, Мыл къищым си пси, си гуи ныдэтхъуащ. Си гукъэкIыжым къыхиху бахъэ пщтырым СегъэткIури, псы Iэрышэу сырешажьэ, ЩыхупIэм щхьэщолъадэ, мэхъу псыкъелъэ, Къыхихуу сытхъур джабэ нэкIум къолъэ… Лъагъуныгъэм - е дахэу удогъагъэ, Е уес, уелыпщIри, сахуэр ехьыр жьыбгъэм. * * * Илъэс къэскIэ ягъеиж адыгэр, Хышхуэм хэкIуэдахэр, Истамбыл яхуахэр. Ар зи ягъэм псори якIэлъыбгэу, Яхуощыгъуэр кIуэдыкIейуэ кIуэдахэм. Къраш гъыбзэ, усэхэр зэхалъхьэ, Илъэс щитI екIуэкIми, ягу щIэузу. УIэгъэжьи я Iэпкълъэпкъхэр ису, Лъэпкъ кIуэдахэр кърабжэкI зырызу. Пэжщ, ди тхыдэр дыджщ узэригъалъэу, Пэжщ, ящIари лъэпкъхэр лъэрыщIыкI, Пэжщ, дыдыхьэшхыфкъым зэрылъэлъу, ГукъэкIыжхэм нэпсхэр къыщIегъэкI. Нобэ диIэщ тхыдэр къэзыIэтхэр, Нобэ диIэщ ди блэкIам еджэж, Нобэ диIэщ ди ныпыр зыIэтхэр, Ди къэкIуэнум зи псэр пэджэж. Ауэ ноби мащIэ тфIагъэкIуэдыр? Щхьэусыгъуэ защIэкIэ яукIыр? Ди бзи, хабзи, ноби тфIагъэпудыр, Ягъэпудыну ди бзэр итщ яужь. Сроплъэ гъащIэм КъэзгъэщIам нобэ сыхоплъэж, Ар налъэ-налъэу зэхызох… СлъэкIынут сэ зыгуэр схъуэжын? Си гъащIэм ежьужь удз хэсхын? И Iеи, и фIи зэхэпщау, Мы дунеишхуэр къигъэщIащ, И гуауи-гуапи зэхилъхьау, Псом щыщи Iыхьэ къытхуищIащ. Сроплъэр гъащIэм, нэр мэплъыз… ГуфIэгъуэм пещэр гуIэ макъкIэ Псэр догызыр гъащIэм и гуэшэкIэм Къэсам ажалыр, хуейми сакъ. Дыгъэпс дыгъуасэ къыстепсащ, Нобэ пшэр Iуву сщхьэщыхьащ, Сэ сыт схуэщIэну си къару? Си Iыхьэр Тхьэм къызитыжащ. Аргуэру дыгъэ къыщIэкIащ, ЩIэжьейм и гуфIэ макъ къэIуащ, Удз цIыкIухэр щIэуэ къыхэжащ, ЦIыху гъащIэм адэкIэ пищащ. ЩIымахуэ Уэсыр Iэрамэурэ къос, Дунейр хужьыбзэ ищIащ, Ди Iуащхьэ цIыкIум сынос, Си Iэжьэм лъагъуэ хишащ. Ди уэсыщIэр щIэращIэу, Зэхолъадэ пщIыпщIыжу, ИлъэсыщIэ къыздишэу, Уэредадэ кърешыр. Ди илъэсыжьри йокIыр, ЩIымахуэ жьыбгъэм зэдехь, ГъитIыр гуфIэжу зэблокI, КъакIуэм насыпыр къыздехь. Си Хэку макъамэри къоIу, ЦIыхухэм я лъэгур щIолъэт, ГуфIэгъуэ макъым зеIэт, Хъуэхъур ди щIыгум щаIэт. * * * Дэжащ ди зэхуакум псы, И бгъуитIым тIури дыщытщ, ИIэжкъым лъэмыжи псэм, Гукъанэр и нитIым щIэтщ. Сэ жысIэр уэ зэхуумых, Уэ жыпIэр жьыбгъэм сэ зблех, Дгъуэтыжкъым дэ зэхэщIыкI, Гуапагъэр тIуми тIэщIокI. ПситIыр зэхамэ тфIэхъуащ, Къуаншэм улъыхъуэкIэ сыт? Гур архъуанэм ихуащи, КъокIэрэхъуэкIри, плъэт… Солъыхъуэр уи зэхэщIыкI, Псышхуэр Iущащэу йожэх, Зэманыр сфIызэгуощIыкI Псэ зэхуэзэшхэр зэблех… Пшэбэм зэдихьащ НапIэдэхьеигъуэм Къысщыхъуар сэ фIыгъуэу, Iугъуэм ихьыжащ. Ихьыжащ - сигу лъащIэм ХъуаскIэр нытещащэу. Щатэу, зэгуэуду, гуауэр Къысхуигъанэу. ФIыгъуэу къэслъытахэр Пшэбэм зэдихьащ, Нэпсыр къыIэпыхури Псэр пхрисыкIащ. КъигъэщIам еплъыжри, ГъащIэри къэскIащ, Псэм зыхуигъэгусэри Ар етIысэхащ. ГъащIэр псэм хуоплъэкIыр, Псэри гъащIэм йоплъ, Къащыхъуахэр фIыгъуэу, ТIуми яIэщIокI. Уи гур Къызолъыхъуэр уи гур, Ар сэ сIэщIэкIащ, Лэрыгъу хъуащ си лъэгур, Жейри сфIэкIуэдащ. ДыщIэсщ дэ зы унэ, Дэ дызэролъагъу, Гур зыщIэс щIыунэм, Сыхуэмыхъу гъунэгъу. Укъызэплъу щытми, Уи нэм симылъагъу, Уи гур сIэщIэкIащи, Псэм схуимыщI гущIэгъу. Согупсыс щIэмычэу, Щхьэ апхуэдэу хъуа? Мы си бгъэгур къачэу, Щхьэ IэщIыб сыпщIа? Сэ укъызопсалъэ, Сэ укъызбгъэдэтщ, Ауэ лъагэу уэгум, Уи гур щесу итщ. Щомахуэ Залинэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "393.txt" }
«Дыщэ бгырыпх» зезыхьэ адыгэ щIалэ Япониер зи къежьапIэ дзюдор, адрей бэнэкIэ лIэужьыгъуэхэм елъытауэ, ди гъащIэм къыщыхыхьар нэхъ иужьыIуэкIэщ - ХХ лIэщIыгъуэм и кIэухращ. Апхуэдэу щыт пэтми, адыгэхэр абыи щехъулIащ. ЖыпIэну ирикъунщ Мудрэн Беслъэн Олимп чемпион зэрыхъуар, Тау Хьэсэнбий Олимп джэгухэм жэз медалыр къызэрыщихьар, Джэданэ Алим Европэми дуней псоми текIуэныгъэ инхэр зэрыщиIар. НэгъуэщI куэдми я гугъу пхуэщIынущ, ауэ нобэ дызытепсэлъыхьыну дыхуейр Урысей Федерацэм тIэунейрэ и чемпион, Европэм и гуп зэпеуэм щытекIуа, IэщэкIэ ЗэщIэузэда Къарухэм я дунейпсо чемпионатым пашэ щыхъуа, Гран-При зэхьэзэхуэм бжьыпэр щиубыду «дыщэ бгырыпхыр» зыхуагъэфэща спортым дунейпсо классымкIэ и мастер, къэралым дзюдомкIэ и командэ къыхэхам и тренер нэхъыжь Гъэунэ Анзорщ. БэнэкIэ лIэужьыгъуэхэр адыгэхэм ижь-ижьыж лъандэрэ фIыуэ ялъагъу икIи зэфIэкI инхэр щаIэщ. Уеблэмэ тхыдэм къыхощыж кIэсэгъу пщы пашэ Редадэ урысыпщ Мстислав зэребэнауэ щытар. Зэбэнурэ я лIыгъэр здынэсыр зэхэгъэкIыныр иджыри ди лъэпкъэгъухэм я лъым хэтщ. Дунейпсо утыкур зыгъэбжьыфIэ щIалэхэщ адыгэ бэнакIуэхэр. Яхэтщ абыхэм Олимп чемпионхэри, ЩIы хъурейми, Европэми, Совет Союзми, Урысей Федерацэми щытекIуахэр. А ехъулIэныгъэ инхэр зыIэрызыгъэхьахэр щIэблэм щапхъэ яхуохъу икIи ахэр я гъуазэу езыхэри лъагапIэщIэхэм хуокIуэ. Ди къэралым дзюдом цIыху минхэр щыдихьэхащ икIи а спорт лIэужьыгъуэр къезыгъэжьа японхэр абыхэм ирагъэкIуэтэкIыну яхузэфIэкIащ. Гухэхъуэщ Урысей Федерацэм и гуп къыхэхам сыт щыгъуи адыгэ щIалэхэр зэрыщыкуэдыр икIи ехъулIэныгъэшхуэхэр сыт щыгъуи зэраIэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым щагъэсауэ ди пщIэр дунейпсо утыкум щызыIэтахэм ящыщщ Гъэунэ Анзор. ЦIыхум и гъащIэ гъуэгуанэр зэриубзыхунур къэщIэгъуейщ. ДзюдомкIэ ехъулIэныгъэшхуэхэр зыIэрызыгъэхьэну къызыпэщылъ щIалэр 1972 гъэм къыщалъхуащ Налшык щыпсэу адыгэ тхакIуэ цIэрыIуэ Гъэунэ Борис и унагъуэм. ФIэщщIыгъуейщ куэдым хуагъэфэщауэ мамыр IэщIагъэ дыдэм пэрыт адэм и къуэр спортсмен цIэрыIуэ иужькIэ ­хъуну. АрщхьэкIэ щысабийм щегъэжьауэ Анзор спортым хуабжьу дихьэхащ. ЛIэужьыгъуэ куэдым абы зэфIэкI хъарзынэхэр къыщигъэлъагъуэрт. КIуэрт ар гимнастикэм, джэгурт баскетболрэ футболрэ, бэнэкIэ зэмылIэужьыгъуэхэми дихьэхырт. А псоми хэплъэжри… дзюдор къыхихащ. - Сыт дзюдом сыщIыдихьэхар? - жеIэ Анзор. - Абы и утыку итыкIэр, бэнэкIэр зэрекIуэкIыр арагъэнщ. Къапщтэмэ, сэ сыдахьэх щхьэзакъуэ зэныкъуэкъуныгъэ псоми. Дзюдор си псэм нэхъ къещтэ, ар си гъащIэщ. Апхуэдэу щыт пэтми, гъащIэм мызэ-мытIэу игъэунэхуащ а спорт лIэужьыгъуэм Анзор хуиIэ фIылъагъуныгъэр, иджыри зэ егупсысыжыну Iэмал къритым хуэдэу. ЖыпIэну ирикъунщ япэ илъэситI-щым текIуэныгъэм и IэфIагъыр зэи зэрызыхимыщIар, зэхьэзэхуэ 30-40 хуэдизым хэта пэтми. АрщхьэкIэ езыми и тренер Ныр Сефи я щхьэ мыгъуагъэ хуахьыжыртэкъым икIи ерыщу я мурадым хуэкIуэрт. ЯщIэрт я псэр пыхуу зэрызагъасэр псыхэкIуадэ зэрымыхъунур. ИкIэм-икIэжым япэ ехъулIэныгъэри къалъэIэсащ! Ещанэ увыпIэр зэхьэзэхуэ гуэрым щиубыдри, жэз медалымрэ щIыхь тхылъымрэ Анзор къратащ. Ахэр хуэсакъыпэу нобэми Гъэунэхэ я унагъуэм щахъумэ. АдэкIэ псыдзэр къыщиудам хуэдэт икIи зы ехъулIэныгъэм адрейр къыкIэлъыкIуэу хуежьащ. ТекIуэныгъэ нэс Анзор щызэригъэгъуэтар 1989 гъэращ. Курыт еджапIэм и епщIанэ классым иджыри щIэсу ар щытекIуащ Кременчуг къалэм щекIуэкIа Совет Союзым ныбжьыщIэхэм я чемпионатым. АрдыдэмкIэ гъэзэщIа хъуащ спортым и мастерым и мардэхэри. ЕхъулIэныгъэ куэд иужькIи иIащ Гъэунэ Анзор. АрщхьэкIэ игъащIэ псокIэ и гум IэфIу илъынущ 1997 гъэм Хорватием щызэхэта IэщэкIэ ЗэщIэузэда Къарухэм я дунейпсо гуп чемпионатыр. Урысей Федерацэм и щIыхьыр абы щызыхъумэр Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым щыщхэм я закъуэт. А бгырыс щIалэ ахъырзэманхэм я хьэрхуэрэгъу псори хагъэщIащ икIи яхуэфащэ дыдэу дуней псом я чемпион хъуахэщ. КъыкIэлъыкIуэ илъэсым а гуп дыдэр Тыркум и Истамбыл къалэм ягъэкIуащ, Европэм и Кубокым щIэбэныну. Аргуэрыжьти, ехъулIэныгъэ иныр зыIэрагъэхьащ! Тыркум щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм абы дэрэжэгъуэ мыухыж къаритащ икIи лIыхъужь дыдэхэм хуэдэу яIэтащ. «Атеке» хьэщIэщ цIэрыIуэм и конференц-залым адыгэ бэнакIуэхэм я щIыхькIэ махуэшхуэ пшыхь дахэ дыдэ къыщызэрагъэпэщат. Ар зэи гум имыхужынщ. Псалъэм къыдэкIуэу къыхэдгъэщынщи, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым щыщ защIэкIэ захагъэува Урысей Федерацэм и командэ къыхэхар IэщэкIэ ЗэщIэузэда Къарухэм я дунейпсо чемпионатымрэ Европэм и Кубокымрэ зэрыщытекIуар нэхъапэм зэи къэмыхъуа Iуэхугъуэ телъыджэт. Дэтхэнэ зы спортсменым и дежкIи лъагапIэ нэхъ ин дыдэр Олимп джэгухэм щытекIуэнращ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, езым емылъыта щхьэусыгъуэхэм къыхэкIыу, Гъэунэ Анзор и дежкIэ ар хъуэпсапIэ къудейуэ къэнащ. Австралием и къалащхьэ Сидней 2000 гъэм щекIуэкIа Гъэмахуэ Олимп джэгухэм ягъэкIуэнухэм ящыщу япэу зи цIэ къраIуэу щытар адыгэ щIалэращ. Анзорт щыбанэ хьэлъагъым зыми шэч къытримыгъэхьэу щыпашэр. АрщхьэкIэ Олимпиадэм кIуар нэгъуэщIщ - спортым щаIэ зэфIэкIхэр лъэныкъуэ ирагъэзри, нэфI-нейр япэ ирагъэщащ. Апхуэдэу къэхъуну зыми хуигъэфэщатэкъым. Псоми къыжраIэ зэпытт: «Еуэ, Анзор, укъимыкIуэт! И чэзу хъуащ текIуэныгъэ нэхъ ин дыдэхэр зыIэрыбгъэхьэну, лъагапIэщIэхэр къэпщтэну». Езыми ищIэрт зыхэт килограмм 60-м нэс зи хьэлъагъхэм я гупым щыяпэу зэрыщытыр икIи Олимп джэгухэм кIуэну Iэмал гъуэзэджэ зэриIэр. - ПщIэрэ, сыт щыгъуи аращ, - нэщхъейуэ игу къегъэкIыж Анзор, - нэхъуеиншэу зыгуэрым уи нэр къыхуикIмэ, къыщохъулIэр зэкъуэтIакъуэрэщ. НэфI-неягъэкIэ Олимпиадэм зэрамыгъэкIуар Гъэунэм хуабжьу зыхищIащ. Дэтхэнэ зы спортсменми ар удынышхуэ хуэхъуфынут, афIэкIа зэи утыку къимыхьэжын хуэдэу. Анзори зы гукъыдэж иIэжтэкъым. Иджыри къэс гугъу зэрехьами, адэкIэ къыпэщылъми зы мыхьэнэ имыIэжу къыщыхъурт. Апхуэдэхэм и деж куэд дыдэ елъытащ Iыхьлыхэм, благъэхэм, ныбжьэгъухэм, тренерхэм, укъэзыцIыху къудейхэм къыбжаIэм, зыкъызэрыпщIагъэкъуэ щIыкIэм. Абыхэм Анзор утыку къранакъым икIи, щхьэж зэрыхузэфIэкIкIэ, гъащIэм ар къыхашэжащ. ПсэкIи IэпкълъэпкъкIи лъэщ щIалэри нэфI-неягъымрэ гугъуехьхэмрэ иращIыкIакъым, атIэ нэхъ ерыщыж, быдэж ящIащ. Олимпиадэр щекIуэкIа илъэсым къыкIэлъыкIуа 2001 гъэм Анзор щытекIуащ Белоруссиемрэ Урысей Федерацэмрэ я къалащхьэхэм щызэхэта дунейпсо зэпеуэхэм. Абы щыгъуэми Гран-При зэхьэзэхуэм пашэ зэрыщыхъуам папщIэ къехъуэхъури «дыщэ бгырыпхыр» къыщIилъхьауэ щытащ Мэзкуу и Iэтащхьэ Лужков Юрий. ЕхъулIэныгъэхэмкIэ къулейуэ щытащ адрей илъэсхэри. 2002 гъэм Гъэунэ Анзор зыхэта Урысей Федерацэм и гупым Европэм щыщ къэралхэм я командэ къыхэхахэм я чемпионатым ещанэ увыпIэр къыщихьащ икIи ди лъахэгъу щIалэм жэз медалыр къыхуагъэфэщащ. ТекIуэныгъэ инхэр абы щызыIэригъэхьащ Германием, Белоруссием, Венгрием, Урысей Федерацэм, Къэзахъстаным, нэгъуэщI щIыпIэхэми щыIа дунейпсо зэхьэзэхуэхэм. КIэщIщ икIи нэшэкъашэщ цIыхум спортым щикIу гъуэгуанэр. Абы щызыхыбощIэ текIуэныгъэхэм я IэфIагъри хэгъэщIэныгъэхэм я дыджагъри. А псоми нэсу пхрыкIащ Гъэунэ Анзор икIи зыми и щхьэр игъэунэзакъым, и лъэри щIигъэхуакъым. БэнакIуэ лъэщым зэрихабзэу, ар традзэми къэтэджыжыфащ, лъагэу яIэтми зыкъыфIэщIыжакъым. Шэч хэлъкъым Гъэунэ Анзор Къэбэрдей-Балъкъэрми Урысей Федерацэми дзюдомкIэ и тхыдэм лъэужь дахэ къызэрыщигъэнам. Ар езым и закъуэ фIыщIэу зэи къилъытакъым икIи хуэфэщэн пщIэ ин яхуещI и гъэсакIуэхэу Лукьянов Геннадий, Мэкъуауэ Къазбэч, Кастрыкин Владимир (и ахърэтыр нэху Тхьэм ищI), Ким Игорь, Бэджыдэ Вячеслав, ЛIыцэр Хьэзрэт сымэ. Абыхэм, дауи, къахегъэщхьэхукI и япэ тренер, илъэс тIощIым нэблагъэкIэ зыдэлэжьа Ныр Сеф. Дэтхэнэми Анзор хьэл-щэныфI гуэр къыхилъхьащ, бэнэкIэм и Iэмал гъуэзэджэхэр къригъэщIащ, цIыху нэсрэ спортсмен лъэщрэ къыхищIыкIащ. Дзюдом щызэригъэгъуэта зэфIэкI инхэмкIэ иджы Гъэунэр адрейхэм ядогуашэ. Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам и тренер нэхъыжьу щыткIэрэ, абы ди къэралым и щIыхьыр дунейпсо утыкум и гъэсэнхэм щарегъэIэт. Шэч хэлъкъым абыхэм Олимп чемпионхэри мымащIэу къазэрыхэкIынум, и гупым щыщхэм яхэт Мудрэн Беслъэн илъэситIрэ ныкъуэрэ ипэкIэ къызэрехъулIам хуэдэу. Урысей Федерацэм дзюдомкIэ и командэ къыхэхам адыгэхэм я нэхъыбэ зы лъэпкъи хэткъым. Хьэлъагъ зэмылIэужьыгъуэхэм бжьыпэр щаIыгъщ Европэми дуней псоми увыпIэ нэхъ лъагэ дыдэхэр къыщызыхьа бэнакIуэ лъэрызехьэхэу Мудрэн Беслъэн, Джэданэ Алим, Хьэбэчыр Мурат, Къамбий Аслъэн, Куржы Уэлий, Бабыгуей Олег сымэ, нэгъуэщIхэми. Нобэ къэралым и гуп къыхэхам и тренер нэхъыщхьэщ Олимп джэгухэм жэз медалыр къыщызыхьа Тау Хьэсэнбийрэ абы и дэIэпыкъуэгъу Гран-При дунейпсо саугъэтыр зыIэщIэлъ Гъэунэ Анзоррэ. Абыхэм ерыщу зыхуагъэхьэзыр 2020 гъэм Японием щекIуэкIыну Гъэмахуэ Олимпиадэм. Фигу къэдгъэкIыжынщи, а къэралращ дзюдор къыщежьари, ехъулIэныгъэ нэхъыбэ зиIэри. АрщхьэкIэ ди щIалэхэр хэгъэрейхэм къазэрыпимыкIуэтынум шэч хэлъкъым. 2016 гъэм Рио-де-Жанейрэ щекIуэкIыну Олимпиадэм Сочэ зыщыхуэзыгъэхьэзыр ди бэнакIуэхэм яхуэза нэужькIэ, Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир ауэ сытми къыгуихыу жиIауэ щытакъым: «Дзюдор къыщежьар Япониеращ, ауэ абы щыщхэми дакъыщIыпикIуэтын щыIэкъым. Сэ мыбы зыщызыгъасэхэм ящыщ зым сепсэлъылIати, ар къэбэрдей щIалэу (зи гугъу ищIыр Мудрэн Беслъэнт - Ж.З.) къызжиIащ. Абы и зэфIэкIхэм ятепщIыхьмэ, къэбэрдейхэр японхэм хъыжьагъэкIэ йофIэкI». Апхуэдэ пщIэрэ щIыхьрэ адыгэхэм къахуезыгъэщIхэм ящыщ зыщ дзюдоист цIэрыIуэу щытауэ иджы тренер гъуэзэджэ Гъэунэ Анзор. Ди гуапэщ адэкIи и Iуэхухэр ефIэкIуэну. Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир дэщIыгъуу. И япэ тренер Ныр Сеф текIуэныгъэр дегъэлъапIэ. Зэхьэзэхуэхэр щекIуэкIым. И гъэсэн нэхъыфIхэм хабжэ Куржы Уэлий и ехъулIэныгъэм Анзор щогуфIыкI. Жыласэ Заурбэч.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "394.txt" }
Лъэпкъыбзэм и кIыщ Бзэр лъэпкъым и мэIуху нэхъыщхьэщ, ар цIыхум и гулъащIэм щигъафIэ, псэр хьэ­щыкъ зыщI, гъуазэ, хъуэпсапIэ телъыджэхэр къы­зэригъэщI Iэмэпсымэщ. Ар щIыуэпсым къыпкъ­рыкI гурыщIэщ, макъамэ щхьэхуэурэ пасэрей цIыхухэм ягъэпсар къащIэхъуэ щIэб­лэхэм зэIэпахыурэ ди деж къахьэсауэ. Абы и пэжагъыр къегъэлъагъуэ щIыуэпсым и макъ псоми дежьууф адыгэбзэм. Дунейм зыры­зыххэщ лъэпкъыу тетыр, адыгэхэм хуэдэу, я бзэм и макъхэр хэмыщIIауэ ихъумэфауэ. А макъ зэщIэжьыуэ куэдым дамыгъэ етыным, зы пкъылъэм игъэзэгъэным и Iуэхур гугъуу икIи кIыхьу екIуэкIащ. Ди щIэныгъэлIхэм къызэрахутэжымкIэ, а Iуэхум япэу иужь ихьар лъэпкъ узэщIакIуэхэрщ. Нэгумэ Шорэ зэрыжиIащи, абыхэм зэи ягу икIакъым, «бгырысхэр джатэм къыпыкIыу, тхы­лъым зыщратын зэман» къызэрыхъунур. ХIХ лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэ ныкъуэм псэуа узэщIакIуэ нэхъыжьхэу Нэгумэ Шори, Хъан-Джэрии, Адыл-Джэрии, Бырсей Умари, нэ­гъуэщIхэми ар я хъуэпсапIэу щытащ. Абы хуэунэтIауэ лъэбакъуэ щхьэпэхэри ячат, псалъэм папщIэ, 1826 гъэм Нэгумэ Шорэ игъэ­хьэзырат къэбэрдей адыгэбзэм и макъхэм я зэхэтыкIэм теухуа лэжьыгъэр, а бзэм алфавити хузэхилъхьат. Апхуэдэу 1843 гъэм щIэ­ныгъэлIым тхын иухат «Къэбэрдей грамматикэм и пэщIэдзэ хабзэхэр». Ауэ а лэжьыгъэхэр дунейм къытехьауэ езы узэщIакIуэ иным илъагъуну къыхуихуакъым, ар къыщыхъуар Нэгумэр дунейм ехыжу илъэс куэд дэкIыжа нэужьщ. АдыгэбзэкIэ лъэпкъым и щIэблэ иригъэджэну, тхылъ къыдигъэкIыну япэу зи насып къикIар егъэджакIуэ-узэщIакIуэ, бзэ­щIэныгъэлI, тхакIуэ Бырсей Умарщ. 1850 - 1860 гъэхэм адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэу ар щы­лэжьащ Ставрополь дэта щIыналъэ гимна­зием. 1853 гъэм и гъатхэпэ мазэм Тифлис къыщыдэкIащ Бырсейм «Шэрджэсыбзэм и букварь» зыфIища и тхылъыр. Ар дунейм къызэрытехьэрэ илъэси 150-рэ щрикъум ­ирихьэлIэу, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лъэIукIэ, 2003 гъэм Адыгэ Республикэм и президентым Iэ тридзащ гъатхэпэм и 14-р Адыгэ тхыбзэм и махуэу гъэувыным теухуа унафэм. Къэрал унафэу щымытми, Iуэху щхьэпэр ­щыдаIыгъащ адыгэхэр щыпсэу щIыналъэ псоми, Къэбэрдей-Балъкъэрри яхэту. АдыгэбзэкIэ тхылъ къыдэгъэкIыным ехьэ­лIауэ Бырсей Умар ича лъэбакъуэр лъэужьыфIэ хъуащ. «Шэрджэсыбзэм и букварым» къы­кIэлъыкIуащ иджыри лэжьыгъэ зыбжанэ, езы щIэныгъэлIым игъэхьэзырауэ: «Шэрджэсыбзэм и грамматикэ» (1858), «Урыс-шэрджэсыбзэ псалъалъэ кIэщI» (1859), «Урыс графикэм тету къэбэрдеибзэм и алфавит» (1862, П. К. Услар щIыгъуу), нэгъуэщIхэри. Адыгэ псоми зэдай алыфбей, тхыбзэ лъэпкъым къыхузэгъэпэ­щы­нымкIэ Бырсейм и лэжьыгъэхэм мыхьэнэшхуэ яIащ. Ауэ нэхъыщхьэр щIэныгъэлIым ири­шэ­жьа Iуэхур зэрымыужьыхыжарщ, икIи ар адэкIи и еджакIуэхэм зэрагъэкIуэтарщ. Апхуэдэ ­лIыгъэ къызылъыкъуэкIари Бырсейм Ставрополь гимназием щригъэджа ХьэтIохъущокъуэ Къазийрэ КIашэ Адэлджэрийрэщ, «туземецхэр я бзэкIэ егъэджэн хуэмейуэ» къэзыгъэув языныкъуэ ­пащтыхь къэрал къулыкъущIэхэм лъэщу япэ­щIэувауэ щытахэрщ. 1865 гъэм Бырсей Умар и букварыр къыщыдэкIа тхылъ тедзапIэ дыдэм дунейм къыщытехьащ ХьэтIохъущокъуэ Къазий и «Къэбэрдей алыфбейр». Лъэпкъым и зыужьыныгъэм тхыбзэ зэримыIэм, щIэблэм светскэ щIэныгъэ зэрырамытым зэрызэтриIыгъэр фIыуэ къызыгурыIуэ узэщIакIуэхэу Тамбий Пагуи, Дым Iэдэми, Нэ­гъущI Сухьэди, ЦIагъуэ Нурии, нэгъуэщIхэри яужь итащ Iуэху щхьэпэр гъэкIуэтэным. Уеблэмэ ХьэтIохъущокъуэм адыгэбзэ езыгъэджэнухэр щагъэхьэзыр «мазищ курсхэр» Налшык къы­щызэригъэпэщат, ЦIагъуэми езым и хьэрычэткIэ сабий еджапIэ Бахъсэн къыщызэIуихат, цIыхухэм иужькIэ «Нурий и университет» зы­фIащыжар, ауэ къэрал дэIэпыкъуныгъэ зымыгъуэта а IуэхущIапIэхэр куэдрэ лэжьакъым. Апхуэдэу щытми, ЦIагъуэ Нурийрэ Дым Iэдэмрэ я алыфбейр зекIуащ совет властым и япэ илъэсхэм къэсыху. Ауэ диным ебэныныр къэ­рал идеологием и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм ящыщ зы зэрыхъуам къыхэкIыу, унафэщIхэм къалъытащ адыгэбзэр зытет хьэрып графикэм къытегъэкIын хуейуэ. Ар 1923 гъэм зэфIигъэ­кIащ Хъуран Батий зи пашэ щIэныгъэлI гупым, лъэпкъ тхыбзэм латин хьэрфхэр лъабжьэ хуэзыщIам. 1924 гъэм лъэпкъыбзэхэр егъэ­джы­ныр предмет щхьэхуэу школ программэм хагъэхьати, а алфавитымкIэ сабийхэр ира­гъаджэу зэтраублат. Ауэ «РСФСР-м и цIыхухэм я деж щIэныгъэншагъэр щыгъэкIуэдыным и IуэхукIэ» 1919 гъэм СНК-м къищтауэ щыта декретыр гъэзэщIэныр иджыри екIуэкIырт, адыгэбзэм и хьэрфхэр аргуэру зэхъуэкIын хуейуэ Iуэху къащылъы­къуэкIам щыгъуэ. 1936 гъэм урыс графикэр и лъабжьэу адыгэбзэм алфавитыщIэ хузэхалъхьащ. Абы елэжьа гупым и пашэт зи цIэр мы махуэхэм дгъэлъапIэ адыгэбзэ кафедрэм и япэ унафэщI, бзэщIэныгъэлI, егъэджакIуэ, усакIуэ Борыкъуей ТIутIэ. Нобэ лъэпкъ тхыбзэм игъуэ­та зыужьыныгъэм и псынащхьэм щытахэм ящыщ зыщ ар. «Щэнхабзэ революцэм» и илъэсхэм псынщIэу зы­зыужьу хуежьа цIыхубэ хозяйствэр хуэны­къуэт IэщIагъэлIхэм, псом хуэмыдэу егъэджакIуэхэм. 1930 гъэхэм я пэщIэдзэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щIэныгъэ нэхъыщхьэ щы­зрагъэгъуэт еджапIэ иджыри иттэкъым, Совет Союзым и къалэшхуэхэм щеджауэ къэзыгъэзэжхэр яхурикъуртэкъым. Псом хуэмыдэу гъуэтыгъуейт адыгэбзэмрэ литературэмкIэ, балъкъэ­рыбзэмрэ литературэмкIэ егъэджа­кIуэхэр. Апхуэдэу лъэпкъ IэщIагъэлIхэм хуэныкъуэт къэрал къулыкъущIапIэхэр, тхылъ тедзапIэхэр, газет-журнал редакцэхэр, щэнхабзэм, егъэджэныгъэм, щIэ­ны­гъэм я IэнатIэ зэ­мы­лIэужьыгъуэхэр. Абы къыхэкIыу 1931 гъэм ВКП(б)-м и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым лъэIукIэ зы­хуигъэзащ РСФСР-м и ЦIыхубэ Комиссархэм я Советым ди республикэм егъэджакIуэхэр щагъэхьэзыр институт къыщызэ­Iуахыну хуит ­къищIыну. ЛъэIур къыхуащIащ: 1932 гъэм мэкъуауэгъуэм и 7-м РСФСР-м и СНК-м и унафэ къыдэкIащ, Владикавказ дэт Бгырыс педагогикэ институтыр тIууэ зэрагуэшыр иту - Къэбэрдей-Балъкъэр педагогикэ институт, ­Осетие Ищхъэрэ педагогикэ институт. ЕджапIэм езэгъын унэ Налшык зэ­ры­дэмытым къыхэкIыу, ВКП(б)-м и Кавказ Ищхъэрэ крайкомым уна­фэ ищIащ институтым и лэжьыгъэр Псыхуабэ ­(Пятигорск) щызэтриублэн хуейуэ. ПIалъэ кIэщIым къриубыдэу егъэджакIуэхэр фэтэрхэмкIэ, еджа­кIуэхэр общежиткIэ къы­зэ­рагъэпэщащ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ, 1932 гъэм ­фокIадэм и 15-м Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал педагогикэ институтым и бжэр студенти 120-м яхузэIуихащ. Факультетищым - ­физикэмрэ ­математикэмкIэ, биологиемкIэ, филологиемкIэ - щра­гъаджэрт егъэджакIуэ 13-м. Иужь­кIэ къы­зэрагъэпэщащ тхы­дэм­кIэ факультетри. Фи­лологиемкIэ факультетым и зы къудамэт бзэщIэныгъэхэмкIэ кафедрэри. Абы Боры­къуей ТIутIэ я унафэщIу щылажьэрт адыгэбзэмкIэ, балъкъэрыбзэмкIэ, урысыбзэмкIэ егъэджакIуэхэр. Зыпэрыт Iуэхум къыдэкIуэу кафед­рэм и егъэджакIуэхэу Елбэд Хьэсэн, ДыщэкI Мухьэмэд, ЦIагъуэ Мухьэмэд сымэ, я уна­фэ­щIыр я пашэу, щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэшхуи я пщэм дэлът: лъэпкъ тхыбзэм и хабзэхэр гъэбелджылын, литературэбзэм и мардэхэр убзыхун, сабийхэр зэрырагъэджэну тхылъ­хэр гъэхьэзырын, адыгэ IуэрыIуатэр зэ­хуэ­хьэсыжын, джыжын, нэгъуэщIхэри. Къы­хэгъэщын хуейщ зи цIэ къитIуа щIэныгъэлIхэм я пащхьэ къита къалэнхэр ехъулIэныгъэ хэлъу зэрызэфIагъэкIар, политикэ залымыгъэри, ­Хэку зауэшхуэм и мафIэри зэран къахуэхъуа пэтми. Абыхэм къыпхуэмылъытэным хуэдиз фIыщIэ адыгэ лъэпкъым и пащхьэ щаIэщ икIи дэтхэнэми тхыгъэ щхьэхуэ тебухуэну къалэжь. 1937 гъэм Налшык ухуэн щаухащ пединститутым и унэр икIи еджапIэ нэхъыщхьэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм къагъэIэп­хъуэжащ. А илъэс дыдэм бзэщIэныгъэхэмкIэ кафедрэр тIууэ ягуэшащ: урысыбзэмкIэ кафедрэ, лъэпкъыбзэхэмкIэ кафедрэ. Ап­хуэдэу екIуэкIащ Хэку зауэшхуэм щIидзэху. А лъэхъэнэм кафедрэм и лэжьакIуэхэу ДыщэкI М., Елбэд Хь., Кумыщ Хь., ТIажь Ш., Хьэбырэ И. сымэ куэд зэфIагъэкIащ адыгэбзэм и фонетикэр, псалъэ къэхъукIэр, синтаксисым хэлъ щхьэ­хуэныгъэхэр, лъэпкъ литературэм и зыу­жьыкIэр къэхутэным теухуауэ. Ауэ дахэу ежьа а лэжьыгъэр, адыгэ лъэпкъыр хуабжьу зыхуэныкъуэр, къызэпиудащ зауэм. Абы и мафIэм япэ махуэхэм щегъэжьауэ пэрыхьэри зауэ гъуэ­гуанэ хьэлъэр якIуащ кафедрэм и лэжьакIуэхэу ДыщэкI Мухьэмэд, ТIажь Шэхьбан, ЩоджэнцIыкIу Iэдэм, Къардэн Бубэ, Нало Ахьмэдхъан сымэ. Фашистхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым ­гъунэгъу къыщыхуэхъум, пединститутыр ягъэ­Iэпхъуауэ щытащ Грузиемрэ Армениемрэ я щIыналъэхэм. Бийр ди лъахэм ирагъэкъэбзыкIыжа нэужь, 1943 гъэм мэлыжьыхьым и 15-м пединститу­тым и лэжьыгъэр Налшык щызэтриублэжащ. Егъэлеяуэ хьэлъэт щытыкIэр: студентхэр ще­джэ унэр ягъэплъыртэкъым, электрокъару, псы щыIэтэкъым, тхылъ хъумапIэхэр, кабинет Iэмэпсымэхэр зэхэкъутат. Апхуэдэу щытми, абы и лэжьакIуэхэм я гукъыдэжыр инт, псоми къагурыIуэрт куэд дэмыкIыу зауэр ди текIуэныгъэкIэ зэриухынур. Апхуэдэуи хъуащ, зауэм зэхикъутахэр псынщIэу зэрагъэпэщыжри, республикэр зыужьыныгъэм и гъуэгум теувэжащ. Ауэ гугъуехьхэр иджыри мымащIэу щыIэт. Псалъэм папщIэ, 40 - 50 гъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал пединститутым и пащхьэ ита къалэн нэхъ гугъу дыдэхэм ящыщщ егъэджакIуэ­кIэ IэнатIэр къызэгъэпэщыныр. ЕгъэджакIуэ 59-м ящыщу 11-рт еджагъэшхуэ степень зиIэр. Апхуэдэу зэтеубла хъуатэкъым щхьэхуэу адыгэ­бзэмрэ литературэмкIэ IэщIагъэлIхэр гъэ­хьэ­зырыным и Iуэхури. Ар къалъытэри, пединстиутым къыщызэIуахащ зэуэ IэщIагъитIым - адыгэбзэмрэ литературэмрэ, урысыбзэмрэ ­литературэмрэ - щыхурагъаджэ къудамэ, литературэмкIэ факультетым хэту. 1945 - 1968 гъэ­хэм абы и унафэщIу лэжьащ адыгэхэм ящыщу япэу филологие щIэныгъэхэм я кандидат хъуа АбытIэ Мухьэб. ЩIэныгъэ­лIыр я пашэу кафедрэм и лэжьакIуэхэм а илъэсхэм къыдагъэкIащ адыгэбзэр курыт, ищхьэ еджапIэхэм зэрыщрагъэдж тхылъхэр, программэхэр. Абы­тIэм и гуащIэшхуэ хэлъщ Москва япэу дунейм къыщытехьа «Къэбэрдей-шэрджэс литературэбзэм и грамматикэ» (1957), «Къэбэрдей-шэрджэсыбзэм и псалъэгъэнахуэ» (1999) лэ­жьыгъэшхуэхэм. Адыгэбзэмрэ абы и лъэпкъэгъу бзэхэмрэ я зэпыщIэныгъэхэр, я хабзэхэр, зыужьыкIэр джыным, лъэпкъ литературэм къикIуа гъуэ­гуанэр къэхутэжыным хуэунэтIауэ лэжьыгъэ щхьэ­пэхэр зэфIагъэкIащ Къардэн Бубэрэ Що­джэнцIыкIу Iэдэмрэ. 1945 - 1952 гъэхэм Къардэныр егъэджакIуэ нэхъыжьу, доценту, пединститутым и директору лэжьащ. Абы и Iэдакъэ къыщIэкIащ лъэпкъ бзэщIэныгъэм хэлъхьэ­ныгъэфI хуэхъуа лэжьыгъэхэр: «Кабардино-русский словарь» (М., 1957), «Краткий грамматический очерк кабардинского языка» (М., 1959), «Кабардино-русский фразеологичсекий словарь» (Налшык, 1963), «Фразеология ка­бардинского языка» (Налшык, 1973), «Семан­тико-стилистические функции фразеологических единиц в прозе А. Кешокова» (Налшык, 1982), тхылъеджэхэм гукъинэж ящыхъуа художественнэ тхыгъэ куэд. ЩоджэнцIыкIу Iэдэм егъэджакIуэфI къудейтэкъым, аращ ди литературэм лирическэ прозэм и лъабжьэр щызыгъэтIылъар. Абы и «Софят и гъатхэ» (1955), «Уэлбанэ дыгъэ» (1966), «Уи цIэр фIэсщынщ» (1970), «Щхьэгъубжэ нэху» (1984) повестхэр лъэпкъ прозэм и нэхъыфI дыдэхэм хабжэ. Апхуэдэу ЩоджэнцIыкIум адыгэбзэкIэ къигъэпсэлъащ урыс, дунейпсо литературэхэм я классикхэу Шекспир У., Пушкин А., Есенин С., Тихонов Н., Твардовский А. сымэ я художественнэ тхыгъэ нэхъыфIхэр. 50 - 60 гъэхэм кафедрэр мэхъу лъэпкъыбзэр, IуэрыIуатэр, литературэр джыным и центр нэхъыщхьэ. Абы IэщIагъэлI Iэзэхэр щы­лэжьэну къащтэ, ар зыхыхьэ институтым аспирантури къыщызэIуах. А илъэсхэм адыгэбзэмрэ литературэмрэ ирагъэджу кафедрэм щылэжьащ щIэныгъэлI цIэрыIуэхэу Урыс Хьэ­талий (1968 - 1989 гъэхэм кафедрэм и унафэщIу щытащ), Нало Ахьмэдхъан, Нало Заур, Хьэ­кIуащэ Андрей, нэхъ иужьыIуэкIэ абыхэм гъусэ къахуэ­хъужащ КIуащ Тамарэ, Тау Хьэзешэ, Тхьэбысым Сэмихь сымэ. Илъэс куэдкIэ адыгэ­бзэмкIэ кабинетым и унафэщIу лэжьащ Хьэгъэбанэ ХьэIишэт. 60 - 70 гъэхэрщ адыгэбзэмрэ литературэмрэ джыным ехьэлIа щIэныгъэ лэ­жьыгъэ нэхъыбэ дунейм къыщытехьар. Псом япэу ар и фIыгъэщ Урыс Хьэталий. Бзэм елэжь ди щIэныгъэлIхэм ящыщу бзэ­щIэныгъэм хигъэщхьэхукI унэтIыныгъэ псомкIи аращ къэхутэныгъэ ­лэ­жьыгъэхэр зиIэр. Нобэ дызэрытхэ пэжырытхэм и хабзэхэр зыубзы­хуари, абы теухуауэ ­КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм къищта законым и проектыр зыгъэхьэзырари Урысырщ. Абы и «Къэ­бэрдей-шэрджэсыбзэм и пэжырытхэмрэ нагъыщэ гъэувыкIэхэмрэ я хабзэхэр» (Зэхъуэхъу Лиуан и гъусэу, 1963), «Къэ­бэрдей-шэрджэсыбзэм и тхыдэ» (1968), «Морфемика адыгских языков» (1980), «Адыгэбзэм и тхыдэ» (1998), «Адыгэ грамматикэ. Синтаксис. Пунк­туацэ» (1994), «Адыгэ грамматикэ. Фонетикэ. Морфонемикэ. Морфологие» (2001), «АдыгэбзэмкIэ практическэ стилистикэ» (2002) лэжьыгъэхэр студентхэр ирырагъаджэу ноби къагъэсэбэп. Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ щыпсэу адыгэ сабийхэм я бзэр зэрырагъэджыр Урыс Хьэталий и учебникхэмкIэщ. Адыгэбзэм, IуэрыIуатэм, литературэм ехьэ­лIауэ къэхутэныгъэ лэжьыгъэ куэд ягъэхьэзыращ еджагъэшхуэ цIэрыIуэхэу Нало Ахьмэд­хъан, ХьэкIуащэ Андрей, Тау Хьэзешэ, Къэмбэчокъуэ Iэдэм сымэ. Нобэ лъэпкъ бзэщIэныгъэм, литературэ щIэныгъэм я IэнатIэхэм къэху­тэныгъэхэр щезыгъэкIуэкI ныбжьыщIэхэм я дежкIэ гъуазэу щытщ абыхэм я монографиехэр, статьяхэр. Тау Хьэзешэ адыгэбзэмрэ литературэмкIэ кафедрэм и унафэщIу 1990 - 2013 гъэхэм лэжьащ, апхуэдэу щытащ филоло­гиемкIэ институтым и директору, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и проректору. Къэмбэчокъуэ Iэдэми лъэпкъ филологиемкIэ институтым и директору лэжьащ. Къыхэгъэ­щын хуейщ а IэщIагъэлIхэм я егугъуныгъэкIэ адыгэбзэмрэ литературэмрэ хуеджэхэм я бжыгъэр куэдкIэ хэхъуауэ зэрыщытар. А илъэсхэрщ щызэтраублар университетым и къудамэ ­псоми адыгэбзэмрэ балъкъэрыбзэмрэ щегъэ­джыныр. ЩIэблэр егъэджэным, гъэсэным я зэфIэкI ирахьэлIащ кафедрэм щылэжьахэу Гъут Iэдэм, БакIуу Хъанджэрий, БищIо Борис, Абдокъуэ Iэуес, Иуаныкъуэ Нурбий, Къэмбэчокъуэ Риммэ, Шэру Хьэсен, Бакъ Зерэ, ПIаз Азэмэт, ­Къармэ Iэсият, КхъуэIуфэ (ТыIэщ) Юлие, Кувэжыкъуэ Залинэ, Псэунэ ФатIимэ, Мэремы­къуэ Элеонорэ, Шорэн Зитэ сымэ, нэгъуэщIхэми. 2008 гъэм адыгэбзэмрэ литературэмкIэ кафедрэм иджыри зы зэхъуэкIыныгъэ къыщы­хъуащ - лъэпкъ кафедрэхэм къыгуагъэкIри ­къудамэщIэ къызэрагъэпэщащ, «Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэм я литературэмрэ IуэрыIуатэмкIэ кафедрэ» фIэщыгъэцIэр иIэу. Абы и япэ унафэщIу щытащ филологие щIэныгъэхэм я доктор ЦIыпIынэ Аслъэн. Кафе­д­рэщIэм епхауэ мэлажьэ адыгэ, балъкъэр щэнхабзэхэм я центрхэр, Езауэ Мадинэрэ Тюбеевэ Светланэрэ я унафэм щIэту. 2013 гъэ лъандэрэ адыгэбзэ кафедрэм и унафэщIу мэлажьэ филологие щIэныгъэхэм я кандидат, доцент Къардэн Мусэдин. Адыгэбзэмрэ литературэмрэ езыгъэджхэр кафедрэ щхьэхуэ хъуами, тIуми зэдагъэзащIэр зы къалэнщ - щIэныгъэ куу яIэу, зэхэщIыкI лъагэрэ гъэсэныгъэ дахэрэ яхэлъу, дунейпсо цIыхубэм хигъэщхьэхукIа лъапIэныгъэ нэхъыщхьэхэр я гъуазэу, адыгэ хабзэмрэ нэмысымрэ хуэпэжу щIэблэр къэгъэхъунырщ. Ахэр я гъуазэу я IэнатIэм пэрытщ кафедритIым я лэжьакIуэхэу Къэмбэчокъуэ Iэдэм, Абазэ Албэч, УнэлIокъуэ Вячеслав, ХъутIэжь Заудин, Хэжь Ленэ, Бозий Наимэ, Езауэ Мадинэ, Хьэщхъуэжь Заретэ, Шыгъушэ Джульеттэ, Пэрыт Линэ, УнэлIокъуэ Ланэ, Къардэн Марьянэ сымэ. Нобэ кафедрэхэм я лэжьыгъэхэр яунэтI къэралым и еджапIэ нэхъыщхьэхэм я нэхъыфIхэм хабжэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и унэтIыныгъэ программэхэм тету. Апхуэдэу ахэр ядолажьэ зыхыхьэ институтым и къудамэ псоми. Университетми институтми я унафэщIхэм я гулъытэ зэи щыщIэркъым, а зэдэлэжьыныгъэм фIы куэди кърокIуэ. КъыжыIэн хуейщ, республикэм и IэнатIэ зэ­мылIэужьыгъуэхэм университетым адыгэбзэмрэ ­литературэмкIэ и къудамэр къэзыухахэм ехъу­лIэныгъэ зэрыщаIэр. Мыбы и гъэсэнхэрщ нобэ щэнхабзэм, егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэхэм, литературэм, СМИ-м я лэжьыгъэхэр зыунэтIыр. Кафедрэхэм я лэжьакIуэхэм фIыуэ къагуроIуэ адыгэм и пащхьэ хэхауэ жэуаплыныгъэ зэрыщахьыр. Дэтхэнэ лъэпкъми и псэр зыхэлъ и бзэр хъумэныр, зегъэужьыныр дунейм лъэп­къыу тетым я дежкIэ къалэн нэхъыщхьэщ. Дэ а IэнатIэр езым къыхэтхащ, лэжьыгъэр мытыншми, ар ди псэм щыщ хъуащ. Лэжьыгъэм ды­пэлъэщынымкIэ дэ диIэщ гъуазэ тхуэхъун нэхъыжьыфIхэр, ди ужьми къоувэ ныбжьыщIэ ­Iущхэр. Абы фIэщхъуныгъэ къытхелъхьэ ипэкIэ дыплъэну, гъуэгу махуэ дызэрытетри хьэкъ къытщещI. ТIымыжь Хьэмыщэ, филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэм я литературэмрэ IуэрыIуатэмкIэ кафедрэм и унафэщI.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "395.txt" }
Адыгэ эстрадэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа Жырыкъ Заур ДифI догъэлъапIэ Илъэс 13-м иту макъамэ зэхэлъхьэн щIэзы­дза Жырыкъ Заур адыгэ эстрадэ уэрэдым и ­лъабжьэр зыгъэтIылъахэм ящыщу къалъы-тэ. Япэ профессиональнэ уэрэдыр абы и ныбжьыр илъэс 15 фIэкIа мыхъуауэ и Iэдакъэ къыщIэкIащ. Талантыр щыиным деж псынэ уэрым хуэдэщи, щIы щIагъым хуэмыгъэпщкIуу къыпхеуд. Къэжэр Пётр и «Уи деж» усэм Жырыкъым макъамэ щыхуитхам цIыхухэм телъыджэ ящыхъури, уэрэдым щIэупщIэ ин иIэ хъуат. Ар зэманыщIэм декIу, абы хэпсэукI цIыхухэм я гурыгъу-гурыщIэхэр къэзытIэщI хъуат. А щIэупщIэр уэрэдым и мызакъуэу, композитор щIалэми дамэ хуэхъуат. АдэкIэ къыкIэлъы­кIуа­хэми апхуэдэ ехъулIэныгъэ ягъуэтащ. Пэжщ, музыкэ щIэныгъэ имыIэу къехъулIакъым ахэр Заур. Абы музыкэмкIэ школ-интернатыр къиухащ, иужькIэ музыкэ училищэм, Ленинград дэт консерваторэм ­Слонимский Сергей и классым щеджащ. Музыкэм и мызакъуэу, литературэм и IэфIагъ­ри зыхэзыщIэ щIалэм а тIур Iэзэу зэщIилъхьэрт, зэкIэщIэпчмэ, усэр ма­къа­мэм, макъамэр усэм хуэчэму къыпщы­хъуу. Иджырей уэрэджыIакIуэхэм я нэхъы­бэм макъамэфIкIэ сыт хуэдэ уэрэдри пхупхыгъэкIыну къалъытэмэ, Жырыкъым и Iуэху еплъыкIэр нэ­гъуэщIщ. Заур и макъамэри, ар зыхуитха усэри, жызыIэм и макъри къилъытэрти, итIанэт и IэдакъэщIэкIыр утыку щрихьэр. Ап­хуэдэ «есэп щIыкIэм» ар зэи щигъауэртэкъым. Ар ядэлэжьащ уэрэджыIакIуэ цIэ­рыIуэхэу Тут Заур, Дэбагъуэ Хьэсэн, Кърым Иринэ, Зеущэ Iэуес сымэ, нэгъуэщIхэми. ТIуми фIыуэ ялъагъу уэрэдращ Тут Зауррэ Жырыкъымрэ зэхуэзышар. Абыхэм дунейм къытрагъэхьа уэрэд куэд («Кавказым и пхъэхуейхэр», «Ладонь для птиц», «Си гъатхэ») Къэбэрдей-Балъкъэрым и музыкэ щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэм щыщ хъуащ. Жырыкъ Заур и зэчий чысэр уэрэд 400-кIэ, романсхэмкIэ гъэпшэращ. Апхуэдэщ «Есенин» (псалъэхэр ЩоджэнцIыкIу Iэдэм ейщ), «Ладонь для птиц», «Сердце на ладони», «Пожелание» (КIыщокъуэ Алим), «ГъащIэ, къызэт гурыфIыгъуэ» (МэшбащIэ Исхьэкъ), «Фес­тиваль» (Гуртуев Сэлихь), «Си гъатхэ», «Кърухэр», «Уи деж» (Къэжэр Пётр) уэрэдхэр. ЕхъулIэныгъэхэр яIащ IутIыж Борис и либ­реттэм къытрищIыкIа «Бунт невесток» комедие-водевилым, «Нанэ къевгъэгъэзэж» мюзиклым, ШэджыхьэщIэ Хьэмыщэ и либрет­тэм къытрищIыкIа «Гум и щэху» музыкэ комедием, сабийхэм папщIэ макъамэр зи лъабжьэ таурыхъхэу «Волчий альчик», «Хьэзырищ», Панин Анатолий и «КIулацу цIыкIу», Супонин Михаил и пьесэм къытрищIыкIа «Хъыбар кусэ», нэгъуэщIхэми. КIэмыргуей Валентин триха «Уасэшхуэ» телефильмым и макъамэр зейр Жырыкъращ. Апхуэдэуи драмэ театр­хэми спектакль щагъэувкIэ зыхуеину макъамэхэр абы яхуетх. Уэрэдхэмрэ романсхэмрэ щызэхуэхьэсауэ «Уи деж», «Пожелание», «Къыу хужь», «Уэрэд, романс къыхэхахэр», «Ладонь для птиц» тхылъхэр къыдигъэкIащ Жырыкъым. 2012 гъэм, сурэтхэмкIэ екIуу гъэщIэрэщIауэ, сабийхэм папщIэ «Волчий альчик» и тхылъыр дунейм къытехьащ. Заур и музыкэ комедиехэр илъэс куэд щIауэ театрым щагъэув. Ар либреттэ тхынми хуэхейкъым. Сыт хуэдэ Iуэхуми гумызагъэу, жэ­уаплыныгъэ ин хэлъу бгъэдохьэ. Музыкэ еджапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм я студентхэм Жырыкъым и IэдакъэщIэкIхэр ирагъащIэ. Налшык илъэс къэс къыщызэрагъэпэщу щыта «Кавказым - мамырыгъэ» хэгъэгу фес­тивалыр абы и уэрэдт къызэрызэIуахыр. Жы­рыкъыр икIи зэдзэкIакIуэ Iэзэщ. Абы адыгэбзэм къригъэзэгъащ либреттэ, опе­реттэ зыбжанэ. Къэбэрдейр Урысейм зэ­рыгухьэрэ илъэс 450-рэ щрикъум ирихьэлIэу Бизе Жорж и «Иван IV» оперэр франджыбзэм кърихри урысыбзэкIэ зэридзэкIащ. Абы щыщ Iыхьэ а Iуэхум ехьэлIауэ Москва къалэ щрагъэкIуэкIа дауэдапщэм къыщеджауэ щытащ. Жырыкъ Заур УФ-м и Композиторхэм я зэгухьэныгъэм 1992 гъэ лъандэрэ хэтщ. КъБР-м и Композиторхэм я зэгухьэныгъэм жэуап зыхь и секретарщ. 1995 гъэм къыщыщIэдзауэ Музыкэ театрым и литературэ къудамэм и унафэщIщ. Гъуазджэм хуищIа хэлъхьэныгъэ иныр къалъытэри, 1998 гъэм Жырыкъ Заур «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр къы­хуагъэфэщащ. Иужьрей илъэсхэм Заур и уэрэдхэр нэхъыбэу зыгъэзащIэр и щхьэгъусэ, Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и артисткэ Дау Марианнэщ. Зэщхьэгъусэхэм я хъыджэбз закъуэ Жырыкъ Данэ Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтыр къиухащ, композиторщ, сурэт хьэлэмэтыщэхэр ещI. Сыт щыгъуи стхар си гум къеныкъуэкъурщ, къишхыдыкIырщ «Сыкъызэралъхурэ зэхызох» - Си анэращ адыгэ бзылъхугъэхэм ящыщу етIуанэу кхъухьлъатэзехуэ хъуауэ щытар. Абы аэро­клуб къиухат. Зауэм хэту гъэр хъуа нэужь, и хъыбарри щIауфэмэ нэхъ къащтащ. ЩIэныгъэ зиIэхэм ящыщ­ти, сэри зэманым сыдекIуу сыкъызэрыхъуным и къару хилъ­хьащ. Си анэр спэIэщIэху, си анэш­хуэращ сызыпIар. Самыгъуэтыжмэ, къуажэ клубрат сыкъыщалъыхъуэжыр, кином емыплъахэм ар щахуэсIуэтэжкIэ, абы хэт уэрэдри яжесIэрт. А зэманым Индием я кино куэд дыдэ къагъэлъагъуэу щытащ, зэрытщIэщи, ахэр уэрэдкIэ гъэнщIащ. Ахэр сфIэфIу зэзгъащIэрт. Къуажэм дэс ныбжьыщIэхэр къызэлъэIуурэ уэрэд жызагъэIэрт. ЦIыхум IэщIагъэ, ерыскъы хуэ­хъунур и натIэм иту къалъхур пэжу къыщIэкIынущ. Армыхъумэ, музы­кэр уеблэмэ ятхыуи сщIэххакъым сэ, апхуэдизкIэ сыпэIэщIэти. Школым сыщыщIэтIысхьаращ усэ зэдгъащIэхэри цIыхухэм зэратхар къы­щызгурыIуар. Сэри а зэманым усэ гуэрхэр стхыну яужь ситт. Си анэр цIыху губзыгъэт, къысхэкIынуIамэ зыгуэр къысхищIыкIыну IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ сиунэтIащ, пхъащIэ Iэмэпсымэ нэгъунэ къысхуищэхуурэ къыздэлэжьащ. Ауэ куэдрэ семылIалIэу IэщIыб сщIыжащ. Езыр балалайкэ, мандолинэ, гитарэ еуэрт, ахэр ди унэ щIэлъти, абыхэм зыгуэрхэр къизгъэкIыну сакъыкIэрымыкIыу сызэ­рыкIэрысым гу лъитэри, зыщы­гъуазэм нэс сэри сигъэщIащ. Псом нэхърэ нэхъ гъэщIэгъуэныр илъэсипщI ныбжьым ситу музыкэ интернатым сызэрыщIэтIысхьарщ. Къалэ школым сыщрагъэджэн щхьэкIэ, Налшык, си анэшхуэм и ныбжьэ­гъум деж дыщыIэну дыкъэкIуат си анэмрэ сэрэ. Си анэр юристу лэжьэну хуейт, прокуратурэм цIыхугъэ гуэр щаIэти, абы елъэIун мурадкIэ кърагъэблагъэри, Iэни къыхуащтауэ зэхэсу лIыр гитарэ еуэри, къызэригъэтIылъэкIащ. Сэ ар къасщтэри, зыгуэрхэр къизгъэкIыу щIэздзащ. ЛIы хьэщIэм зыкъригъэзэкIри: «Гитарэ уеуэрэ?» - жиIэри къы­зэупщIати, «Соуэ мащIэу», - естыжащ жэуап. «ИIэт-тIэ, сегъэплъыт пхузэфIэкIым», - щыжиIэм, уэрэд зытIущ яжесIащ. «Уей, лэжьапIэ сымыщIэ, ауэ мы щIалэм еджапIэ къыхуэзгъуэта си гугъэм», - жиIащ абы. Апхуэдэ щIыкIэкIэ си насып кърихьэкIри, музыкэ интернатым сыщIэтIысхьауэ щытащ. Илъэс зыбжанэкIэ абы сыщеджа иужькIэ, музыкэ зэратхым и Iэмалхэр къэсщIащ. Абдежым сытегушхуэри, си япэ макъамэр стхащ. Илъэс зыкъоми дэкIыжауэ, культпросветучилищэм аккомпаниатору щыIэ хъыджэбз цIыкIур а макъамэм еуэу щызэхэсхым, си гуапэ хъури, ар къыщигъуэтамкIэ сеуп­щIащ. «Уарэ, умыщIэу ара, мыр цIыхубэ уэрэдщ, сыкъызэралъхурэ зэхызох», - жиIащ абы. Къызэры­щIэ­кIымкIэ, хъыджэбзыр къамылъху щIыкIэ стхат а уэрэдыр. Iуэхур зэрыхъуарат, музыкэ училищэм ще­джэхэр къуажэкIэрэ къыхашырт. Си япэ дыдэ макъамэр тыншу тхат, абы къыхэкIыу псын­щIэу къаубыдурэ псори еуэрт. Къуа­жэм кIуэжа иужькIэ ара къы­щIэ­кIынт композитор ныбжьыщIэхэр зэуэри, Тхьэм ещIэ, апхуэдэурэ хэIу­щIыIу хъуа­гъэнт, армыхъумэ цIыху­бэ уэрэд ­хъуфын хуэдэу му­зыкэ бэлыхь стхауэ аратэкъым а зэманым. «Уи уэрэдыр жаIэнущ» - Усэ тетрадь зыбжанэ стхауэ сиIащ сэ. МузыкэмкIэ щызунэтIым, макъамэ тхыным нэхъ сыдихьэхыжащ. Макъамэ япэ дыдэу къыщызгъэщIам си егъэджакIуэ Балэ Му­хьэдин сыбгъэдыхьэри езгъэлъэ­гъуати, си щхьэм къытелъэщIыхьри: «Хъунущ, лажьэ, тхэ. Иджыри зыгуэр птхымэ, сыгъэлъагъу», - къызжиIауэ щытащ. А зэманым республикэм и Композиторхэм я зэгухьэныгъэм ныбжьыщIэхэр нотэ тхыкIэ щрагъасэ семинархэр иригъэкIуэкIырти, абы сыцIыкIуу срагъэблагъэри, Балэм и классым сыщеджащ, макъамэ тхыкIэ сезыгъэсари аращ. Си япэ профессиональнэ уэрэдыр Балэм и деж илъэс 15-м ситу щыстхауэ щытащ. «Уи уэрэдыр жаIэнущ», - къызжиIат, ар Мухьэдин щезгъэлъэгъуам. ТIум хуэдэуи - Усэм макъамэ, макъамэм усэ щыхуэстхи щыIэщ. Музыкэм и за­къуэуи, усэм макъамэ щIэлъуи къыщыкIуэ щыIэщ, ар зэхэпхыфмэ, уи насыпщ. Сэ нэхъ хэIэтыкIауэ и гугъу сщIыну сыхуейщ усакIуэ Къэжэр Пётр. Макъамэ стха иужькIэ Пётр хуэсхьырти, сыхуеуэрт. Абы езым макъамэм хуэкIуэн усэ къигъэщIырт. Апхуэдэу уэрэдипщIым нэблагъэ зэдэттхащ. Усэ тхылъ сыщеджэкIэ, а сы­хьэтым сиIэ щытыкIэм, гукъыдэжым елъытащ абы къыхэсхынур. Зы уси си гум къыдэмыхьэу тхы­лъыр зэзгъэтIылъэкIыжу етIуанэ къэщтэгъуэм уэрэд гъуэзэджэ ­хъуным си нэр щыхуэзэ щыIэщ. Насып зиIэ щыIэщ - КъызэхъулIарэ къызэмыхъулIа­рэщ си уэрэдхэр зэрызэхэзгъэкIыр. Лэжьэн зэрыщIэздзэрэ стхыр нэхъыфI зэрыхъуным согугъу. «Стхащ»­ жысIэн щхьэкIэ, уэрэд нэмыщIыса утыку къысхуихьэнукъым. Мыхъуауэ къысщыхъу ма­къа­мэхэр пIалъэкIэ зызогъэ­тIы­лъэкIри, зэм-зэм абы нэгъуэщI бгъэдыхьэкIэ ­сигу къыхуокIри, сотх. ИтIанэ, насып зиIэ уэрэди зимыIи щыIэщ. Насып зиIэр уэрэджыIакIуэ нэс, ар зы­хэзыщIыкIын Iэрохьэри, уэрэдыр гугъэзагъэу егъэзащIэ. Мис апхуэдэ уэрэдым и кIэныр къикIащ. НэхъыфI дыдэу уиIэу къэп­лъытэ уэрэдыр жызыIэм пхузэIигъэхьэнкIи хъунущ. Уэрэдыр жы­зыIэми куэд дыдэ елъытащ. Иджырей ди эстрадэр ИджыкIэ эстрадэ диIэу схужыIэнукъым. Мы зэманкIэ макъамэ ­птхыныр тынш хъуащ, Интернетым пычыгъуэ кърахыурэ зэпагъэувэри, и нэхъыбэм абыкIэ зэфIагъэкI. ­Макъамэ, уэрэд, усэ нэс зытхым и Iуэхур тыншкъым. Гум къиIукIа ­макъамэмрэ адреймрэ зэи зэхэ­гъуэщэнукъым. Уэрэдым мыхьэнэ, купщIэ иIэн зэрыхуейр зыщагъэ­гъупщэ хъунукъым тхэн мурад зиIэхэм. Усэ зытхын хуейр усакIуэщ, макъамэр - композиторырщ, уэрэ­дыр жызыIэр макъ зиIэрщ. Щхьэж и Iуэху ищIэжмэщ лэжьыгъэм гъащIэ щиIэнур. Гум къиIукI макъамэ - Классикэр зэман псоми къо­зэгъ. Уи Iэдакъэ къыщIэкI дэтхэнэри апхуэдэу зэрыптхыным ­ухущIэкъун хуейщ. Ар сэ згъэунэхуа Iуэхущ. Илъэс 30 и пэкIэ колхоз Iуэхум теухуа комедие стхыри, Музыкэ театрым ягъэувауэ щытащ. Зэман дэкIри, си IэдакъэщIэкIым сытеукIытыхьыж хъуат. Музыкэр къэнащ, ауэ темэ къыхэхыкIэ сщIатэкъым абы щыгъуэ. IутIыж Борис и «Гуащэмыдэ хьэблэ» комедие-водевилыр ­дгъэувауэ щытащ. Республикэр къызэхэткIухьауэ щытащ ар дгъэ­лъагъуэу, цIыхухэми яфIэфIу ­къакIуэрт. Жьэмыгъуэ сондэджэрт, иджы апхуэдэхэр пщIэ зыхуащI цIыху хъуащи, тхыгъэри къезэгъыжыркъым. Абы щыгъуэ Жьэмы­гъуэ зыщыдыхьэшхым хуэдамэ, иджы щхьэщэ зыхуащI хъуащ (мэдыхьэшх). Ауэ, пцIыр сыткIэ щхьэпэ, сэ сыт щыгъуи стхар си гум къеныкъуэкъурщ, къишхы­ды­кIырщ. ИджыкIэ «Летучая мышь» тхыгъэм хэт музыкэм и псалъэхэр адыгэбзэм къызогъэзагъэ. Ар ­театрым щагъэувыну фIэщщIы­гъуейщ, абы текIуэдэну мылъкур къыхахыжынум нэхърэ нэхъыбэщи. Европэм щатха либреттэхэр ди бзэм къызэрыпхуигъэзагъэр, абы щIэлъ щIагъыбзэ дахэр ди цIыхухэм я деж нэсхьэсыну сыщIэхъуэпсу зэздзэкIыу аращ а тхыгъэхэр. Хэт ищIэрэ, ахэр ­щагъэувын зэмани къэхъункIи ­хъунщ… Си гъащIэ псом злэжьамкIэ зыгуэрым фIы хуэсщIэфамэ, сэбэп сыхуэхъуамэ, си гуапэщ. Сымэ­жэлIакъым, си Iэр шияуэ сыдэтакъым, щхьэхуиту сыпсэуащ, «умытхэ» жиIэу зыри къыспэщIэувакъым, абы нэхърэ нэхъ насы­пышхуэ щыIэкъым. «Си насыпщи, си унагъуэр сиIэщ» - Гукъыдэж, гушхуэныгъэ, гуры­фIыгъуэ, къару къызэзытыр си унагъуэращ. Си насыпщи, ар сиIэщ. Си хъыджэбзитIми музыкэ IэщIагъэ яIэщ. Нэхъыжьыр - Къул Ланэ - Iуэху гъэщIэгъуэн куэдым зрепщыт икIи къохъулIэ. НэхъыщIэ Дани и зэ­фIэкIкIэ зыкъыткIэригъэхуну и гугъэ­къым, куэдым хуэIэкIуэлъа­кIуэщ. Тут Зауррэ Жырыкъ Зауррэ. 2017 гъэ Зауррэ ипхъухэмрэ. 2016 гъэ Адыгэ композиторхэр гъуэгу тохьэ. Сурэтым щыволъагъу (ижьымкIэ къыщыщIэдзауэ) Къардэн Хьэсэн, ХьэIупэ ДжэбрэIил, Жырыкъ Заур, Къэзан Аслъэнджэрий сымэ. 1995 гъэ
{ "source": "apkbr.ru", "id": "396.txt" }
Къэралым и япэ дунейпсо чемпион Шыхъуэбахъуэ Анзор Каратэ кёкусинкай лIэужьыгъуэм лъэужь дахэ къыщигъэнащ спортым дунейпсо классымкIэ и мастер, РСБИ-м и «Дыщэ бгырыпхыр» зыхуагъэфэща ди лъахэгъу Шыхъуэбахъуэ Анзор. Аращ ди къэралым щыщу япэ дыдэу дуней псом чемпион нэс (абсолютнэ чемпион) щыхъуар. ГъэпщкIуауэ фIэкIа каратэр Совет Союзым щыземыкIуа блэкIа лIэщIыгъуэм и блыщI гъэхэм я кIэух лъэхъэнэм къалъхуащ абыкIэ ди къэралым щыщу япэ дыдэу дунейпсо чемпион хъуну Шыхъуэбахъуэ Анзор. 1978 гъэм мэкъуауэгъуэм (июным) и 20-м Украинэм и Винницэ областым хыхьэ Тульчин къалэм дунейм ар къыщытехьащ, и адэ Мухьэмэд офицеру советыдзэм къулыкъу щищIэу абы щыIэти. Зэрысабийрэ Анзор хуабжьу жыджэрт икIи спортым зэрыхагъэхьар зыми игъэщIэгъуакъым - и къару мыкIуэщIыр зыщIыпIэ къыщигъэсэбэпын хуейтэкъэ?! Налшык къыщызэIуаха «Яматэ» спорт клубым, и ныбжьыр илъэс пщыкIублым иту, зыщыхуигъэсэн щIидзащ, абы ирихьэлIэу зыдебгъэхьэхыну хуит ящIа, каратэ лIэужьыгъуэм. Ар хэхуащ тренер гъуэзэджэхэу Къазий Михаилрэ Онищенкэ Анатолийрэ я нэIэ щIэт гупым икIи спортым щыпхишыну гъуэгу бгъуфIэр икIи кIыхьыр абыкIэ убзыхуа хъуащ. КаратэмкIэ зигъэсэн зэрыщIидзэрэ илъэсищ фIэкIа иримыкъуауэ, курыт хьэлъагъ зиIэхэм я деж Шыхъуэбахъуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым чемпионыгъэр къыщихьащ. КъыкIэлъыкIуэ илъэсым, ди республикэм и командэ къыхэхам хэту, Екатеринбург щыIа Урысей Федерацэм и чемпионатым ягъэкIуащ. Абыи хъарзынэу зыкъыщигъэлъэгъуащ икIи жэз медалыр IэщIэлъу къигъэзэжащ. ЛIыпIэ нэхъ иувэхукIэ Анзор щызауэ хьэлъагъми, дауи, хигъэхъуащ. Зэхьэзэхуэхэм зэрыхэтым къыдэкIуэу, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым физикэмкIэ и къудамэр къиухащ икIи щIэныгъэ ищхьэ зригъэгъуэтащ. Шыхъуэбахъуэ Анзор каратэ кёкусинкаймкIэ япэ ехъулIэныгъэ инхэр щызыIэригъэхьар 2001 гъэращ. ЯпэщIыкIэ ар Урысей Федерацэм и чемпион щыхъуащ Дон Iус Ростов щекIуэкIа зэхьэзэхуэм. КъыкIэлъыкIуэу, нэхъ хьэлъэхэм я деж Европэм щытекIуащ. АдэкIи ехъулIэныгъэ куэд иIащ Шыхъуэбахъуэм. Ар Къэбэрдей-Балъкъэрым (куэдрэ), Урысей Федерацэм (2001 гъэм), Европэм (2001, 2006 гъэхэм) я чемпион хъуащ. Дунейпсо Кубокыр 2006 гъэм къихьащ, абы ипэ илъэситIкIэ, а зэхьэзэхуэ дыдэм и финалым нэсри, дыжьын медалыр зыIэригъэхьащ. «Заполярьем и Кубокыр» тIэунейрэ (2002, 2004 гъэхэм) IэщIэлъащ. Анзор и вагъуэр, нэр щIисыкIыу лыду, къыщыунэхупар 2008 гъэм и кIэухращ. Каратэр къыщежьа Японием дыгъэгъазэ мазэм щызэхуэсат къэрал 20-м икIа спортсмени 150-м нэблагъэ. Шыхъуэбахъуэр зыхэт нэхъ хьэлъэ дыдэхэм зэхагъэкIыну къапэщылът дуней псом и чемпион нэсыр (абсолютнэ чемпионыр) хэтми. Ди къэралым иджыри къэс апхуэдэ ехъулIэныгъэ зэи иIатэкъым. Шыхъуэбахъуэ Анзор а зэхьэзэхуэм зэIущIибл иригъэкIуэкIати, тхур шэч къызытумыхьэну нокауткIэ къихьащ. КIэух зэIущIэм хьэрхуэрэгъу къыщыхуэхъуат Ираным щыщ пелуаныр. Зэныкъуэкъуныгъэр хуабжьу гуащIэу щытами, адыгэ щIалэр абы щытекIуащ икIи, зэи къэмыхъуауэ, ди къэралым икIар каратэ кёкусинкаймкIэ дунейм и лъагапIэ нэхъ ин дыдэм къыщыхутащ. Ар ехъулIэныгъэ гъуэзэджэт икIи адыгэ псоми, Урысей Федерацэм щыпсэу адрей лъэпкъхэми дэрэжэгъуэ ин къезытащ. И Хэкум къигъэзэжа иужькIэ, Анзор лъагэу яIэтащ. А лъэхъэнэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и Президенту щыта Къанокъуэ Арсен абырэ и тренер Онищенкэ Анатолийрэ иригъэблагъэри, хуабжьу игъэлъэпIащ икIи Анзор сом мелуан, и гъэсэным сом мин 300 саугъэту къаритащ. «Шыхъуэбахъуэм и текIуэныгъэ телъыджэр и щыхьэтщ лIыгъэм, ерыщагъымрэ Iэзагъ лъагэмрэ, - жиIащ щигъэлъапIэм Къанокъуэ Арсен. - Абы Iэмал къитащ урысей спортым и пщIэр нэхъ лъагэжу яIэтыну. Си фIэщ мэхъу, Анзор и ехъулIэныгъэр щIэблэм щапхъэ яхуэхъуу, Къэбэрдей-Балъкъэрым щхьэзакъуэ зэзауэм зэрызыщиубгъунур». Саугъэт лъапIэхэм къадэкIуэу, Къанокъуэм и унафэкIэ 2008 гъэм Шыхъуэбахъуэ Анзор къыфIащащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм физическэ щэнхабзэмрэ спортымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр. КъищынэмыщIауэ, абы къратащ КъБР-м и Парламентым и ЩIыхь тхылъыр. Спортым дунейпсо классымкIэ и мастер, РСБИ-м и «Дыщэ бгырыпхыр» зыхуагъэфэща, Урысей Федерацэм, Европэм, Дуней псом я чемпион Шыхъуэбахъуэ Анзор и Iэзагъ иныр нобэ щIэблэм яхелъхьэ. Хэт ищIэн, абыхэм къахэкIынкIи хъунщ и ехъулIэныгъэ инхэм къыпызыщэнухэр. И ехъулIэныгъэ иныр дегуэш и гъэсакIуэхэм. Хьэрхуэрэгъур нокауткIэ къриудащ. Жыласэ Заурбэч.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "397.txt" }
Къэралым и чемпионатым ирагъэблагъэ БэнэкIэ хуит Хасавьюрт къалэм щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм бэнэкIэ хуитымкIэ и чемпионат. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ спортсменхэри. Зи хьэлъагъыр килограмм 74-м нэблагъэхэм я зэхьэзэхуэм етхуанэ увыпIэр щиубыдащ Къумыкъу Абдар-Рахьман. Апхуэдэ дыдэ зэфIэкI зыIэригъэхьащ килограмм 61-рэ зи хьэлъагъ ГъущIо Алими. Зэхьэзэхуэм къыщагъэлъэгъуа зэфIэкIхэм япкъ иткIэ ди щIалитIри ирагъэблэгъащ Урысейм и чемпионату мы гъэм бадзэуэгъуэм екIуэкIынум. Ар щызэхэтыну щIыпIэр зэкIэ траухуакъым. Къумыкъу Абдар-Рахьман. ГъущIо Алим. ЖЫЛАСЭ Замир.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "398.txt" }
Ди щIалэхэм хэгъэрейхэр хагъащIэ ММА Грознэ къалэм дэт «Колизей» спорт комплексым щызэхэтащ ММА «Young eagles 8» профессионал зэзауэхэмкIэ зэхьэзэхуэ. Абы утыку къыщихьахэм яхэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсмен зыбжанэ. Ди щIалитI щызэуа гупым пашэ щыхъуащ. Налшык щыщ Урыс Мухьэмэд иригъэкIуэкIа зэIущIэм и етIуанэ Iыхьэм техническэ нокауткIэ текIуэныгъэр къыщыфIихьащ грознэдэс Балиев Джамбулат. Ди щIалэр егъасэ Шыхъуэстэн Руслан. АдэкIэ Туменов Хъусен и гъэсэн Туменов Кязим судьяхэр зэдэарэзыуэ текIуэныгъэр къыщыхуагъэфэщащ хэгъэрейхэм ящыщ Магомаев Iэдэм дригъэкIуэкIа зэIущIэм. Ди щIалэхэм хэгъэрейхэр хагъащIэ
{ "source": "apkbr.ru", "id": "399.txt" }
ГушыIэр Тхьэм и щIасэщ «Жэмыхъуэ СулътIан и гушыIэхэр» тхылъым къитха хъыбар кIэщIхэм ящыщ зыбжанэ ди гуапэу тыдодзэ ди газе-тым и япэ электрон къыдэкIыгъуэм. Ахэр зытхыжар АбытIэ Хьэжмуратщ. Дамэдазэу къагъэнащ Жэмыхъуэ СулътIан щылажьэм тыкуэнышхуэ и гъунэ­гъут. И махуэ къалэнхэр иухауэ, пщыхьэщхьэм лэжьапIэм къыщикIыжым, и цIыхугъэ цIыхубз гуэр абы къеупщIащ: - СулътIан, тыкуэныбжэр хуащIыжауэ пIэрэ? - ХуащIыжащ. - Ан-на, пэж дыдэу хуащIыжауэ пIэрэ? - фызым гузавэу тригъэчыныхьащ. - Хьэуэ… Бжэр дамэдазэу къагъэнащ, - жиIащ СулътIан. КъуэшхуэкIэ ерыщхэр СулътIан благъэзэгъэцIыху кIуат. ХьэщIэхэр зыщIэс пэшым къыщIашат зэанэзэкъуэр. ЩIалэр инышхуэт, и анэр фыз лъахъшэт. Жэмыхъуэр езыр лIы домбейт, ауэ и анэр цIыкIут. Ар игу къэкIыжри, СулътIан гушыIащ: - Ярэби, мы фыз цIыкIухэр къуэшхуэкIэ щхьэ ерыщу пIэрэ? Быну сыт уиIэ? ГуфIэгъуэ зэхыхьэм СулътIан тIысэгъу къыхуэхъуат хамэ къуажэ къикIа лIыжь цIыкIу гуэр. Ар псэлъэн зыфIэфIти, СулътIан IэджэкIэ къыпкърыупщIыхьащ. Ауэрэ, здэщысым, мо лIышхуэм къыхудэплъейри, аргуэру щIэупщIащ: - Быну сыт уиIэ? - Сыпсэуху бэмпIэгъуэ сыхимыгъэкIыну зы къуэ, сылIэмэ, сагъеину пхъуитI. НэгъуэщI сытым ущIэупщIэну, тхьэмадэ? - пиупщIащ СулътIан. Ялыхь, жыхьэнмэр унапIэ схуэщI! Адыгэ Iэнэр зыгъэдахэр хъуэхъущ. ХъуэхъуфI, хъуэхъу дахэ жызыIэм пщIэ лей хуащI. СулътIани хъуэхъуэн и жагъуэтэкъым. АрщхьэкIэ, а пщыхьэщхьэм хъуэхъу жиIэн хуейми, тIэкIу зрилъэфыхьырт. Щыхагъэзыхьым, абы къригъэжьащ: - Ялыхь, мыбдеж щысу хъуар сяпэ фигъалIэ. Ялыхь, ефэндым зэрыжиIам хуэдэ щIэх сумыщI. Ялыхь, жыхьэнмэр унапIэ схуэщI! - Iэу, СулътIан, ар дауэ хъуэхъуэкIэ?! Сыт а жыпIэхэм къибгъэкIыр? - гупыр къэуIэбжьащ. СулътIан къыпыгуфIыкIри, и хъуэхъум къригъэкIыр яжриIащ: - Япэрауэ, дэтхэнэ зыми и псэм нэхърэ нэхъыфIу илъагъу щыIэкъым. ЕтIуанэрауэ, ефэндым псом япэу зи Iуэху кърихуэкIыр лIэныгъэращи - сэ абы мызыгъуэгукIэ сыхуей-къым. Ещанэрауэ, жэнэтым кIуэнухэр закъуэтIакъуэщ - сэ сызыхуейр нэхъыбэр здэкIуэрщ. ЩIыхуэ къыптехуэнщ Райпом и лэжьакIуэхэр, Хъыцыжь и уджу, зэрызехьэрт, къэпщытакIуэ яIам я лъэр щIиудати. Сату щIыпIэр къызэрыхухьа мывэ къалэм зы щIалэ цIыкIу дэпщеяуэ щхьэдэплъыхырт. СулътIан абдежым блэкIырти, щIалэ цIыкIум еущиящ: - Абы ущхьэпрымыплъ, тIасэ, - уэри щIыхуэ къыптрагъэхуэнщ! Хъурыфэ пыIэ А гъэмахуэр ямылейуэ хуабэт. Мо цIывыгъуэм СулътIан пыIэ хъурыфэ хъурей лъагэ щхьэрыгъыу и лэжьапIэм къэкIуат, пщIэнтIэпсыр ирикъуэкIыу. И ныбжьэгъухэм ар ягъэщIэгъуащ: - Гъэмахуэм пщыгъ хабзэр хьэуазэ пыIэт, СулътIан, иджы сыт къэхъужар? Мы хуабэвэхым пыIэ хъурыфэ щхьэ щхьэрыптIэгъа? СулътIан ахэр жэуапыншэу къигъэнакъым: - Мы иужьрей махуэхэм сигу къыдэжыркъым… Сэ сымыгъэлажьэу ефэндым иратыжынкIэ сошынэри аращ. Къыдызокъутей СулътIан а гъэм и Iуэхур щIагъуэтэкъым. ЯпэщIыкIэ и лъакъуэр къутат, итIанэ и шхулъэр. Сытми, къэтэджри лэжьапIэм къэкIуат. И лэжьэгъухэр гуапэу къыIущIащ, и узыншагъэр зытетымкIэ къеупщIахэщ. - Флъагъуркъэ, - жиIащ СулътIан, - къыдызокъутей… Иджы чэзур зейр щхьэращ. ПцIы щхьэ сыбгъэупсрэ? СулътIан Iуэху гуэрхэр къылъыкъуэкIри, махуэ зытIущкIэ и лэжьапIэм къэкIуатэкъым. И унафэщIым сабэ дрипхъеинтэкъэ, СулътIану плъагъур къыпигъэжьыкIырт. Езыми щхьэусыгъуэ гуэрхэр къигъуэтынтэкъэ, арщхьэкIэ абы жиIам щыщу зыри и фIэщ хъуакъым унафэщIым, уеблэмэ «пцIыупскIэ» къещащ. - НтIэ, укъысщыхьауэ залымыгъэкIэ пцIы щхьэ сыбгъэупсу пIэрэ, ар зэрыпцIыр щыпщIэкIэ?! - къикIуэтакъым СулътIан. «НэцIакIуэ сыщыIащ» Директорым завхозыр къилъыхъуэрт. Сытми, зэгуэр ар къыкъуэкIыжащ. - Дэнэ иджыри къэс уздэщыIар? - ткIийуэ къеупщIащ унафэщIыр. - Райпом. - Сыт абы щыпщIар? - СынэцIащ… А зэманым райпом къакIуэ хьэпшыпхэр къулыкъущIэхэм хуагуэшырт, «разнарядкэ» фIащауэ. СулътIан фIэхьэлэмэ-ту хьэпшыпхэр зэрагуэшым, ар зыгуэшхэр зэрызэныкъуэкъум еплъу щытат. - Уэ лIышхуэжьыр, дауи, фIыуэ унэцIа хъунщ! – нэхъ щабэ зыкъищIыжауэ жиIащ директорым. - Уэлэхьи, схузэфIэкI лъэпкъ къэзмыгъэна, ауэ зы сом фIыцIэ и уасэ къысхуашиякъым, - къыпыгуфIыкIащ Сулъ­тIан. Иджыри зэ къыжьэхэуэж ГАИ-м кърихужьа машинэ гуэрым СулътIанхэ я уэрам зэвым зыдидзат, зыфIигъэкIуэдын и гугъэу. Рулым бгъэдэсыр чэфти, машинэр хузэтемыIыгъэжу гъущI куэбжэм жьэхэуащ. Куэбжэ ныкъуэхэуд ищIам еплъурэ, шофёрым ерагъыу къыдришеящ: - Уэлэхьи, мыхъуа ар, СулътIан! - АтIэ, ар мыхъуамэ, щIалэ, игъэкIуэти иджыри зэ къыжьэхэуэж, - жиIащ СулътIан. «Яхэзэгъакъым» жезгъэIэнкъым СулътIан сымаджэт. ЩIэупщIакIуэ и куэдти, щхьэж игу къихьэмкIэ къеупщIырт. Ауэ езыр псоми ядэгушыIэрт: - Сэр щхьэкIэ фымыгузавэ, уэлэхьи, «яхэзэгъакъым» жезгъэIэу а сыздэкIуам сыкъмыкIыжын. АдэкIэ и псалъэм щIигъужырт: - Ауэ мыри фи жагъуэ фымыщI, кхъэм сахьрэ махуищкIэ сыкъэмыкIуэжмэ, итIанэ фыкъысщымыгугъыж - жэнэтыр сигу ирихьауэ аращ. ЩIы лейр ифш ЩIыгуэш къэзыкIухьхэм СулътIан и щIапIэм и ныкъуэр пачыну мурад ящIат. «ЩIы куэдыIуэ сиIэмэ, лейр фызот», - абы къыфIигъэкIакъым Жэмыхъуэм. «ЦIыху хъарзынэщ мы СулътIан: къыдэдэуакъым е пыдмычыну къыдэлъэIуакъым, ди унафэм занщIэу арэзы техъуащ», - ягукIэ жаIэри, комиссэм хэтхэр гуфIащ. ПсынщIэу щIыр къапщщ, зэпачри, дамыгъэ тращIэжащ. ИтIанэ я Iэтащхьэм, зигъэпсчэуIури, унафэ ищIащ: - Мо уи унэм къыбгъэдэлъыр ууейщ, адрей щIыр дэ къыдыбот, СулътIан. - Уэлэхьи, фызотмэ, сыарэзыуэ… Фыхуеймэ, щIы лейр нобэ ифш, машинэрэ щIыкъэтIрэ къэфхуи, ауэ езы щIапIэр сысейщ! - жиIащ СулътIан. Зэ фIыуэ сыкъевгъэпс ЩIымахуэу СулътIан я гъунэгъум екIуэкIат хъуэхъуакIуэ. ЗыщIэс пэшыр ягъэлеяуэ хуабэти, гум тегъуалъхьэрт, Iэзэвлъэзэвти, цIыхуитI дахэ-дахэу щызэблэкIыфыртэкъым. Унащхьэ лъахъшэм дэплъейри, СулътIан дыхьэшхащ: - Янэ мыгъуэр ишхыжауэ, фIыуэ сыкъепсу мы пэш цIыкIур зэкIэщIэсхуащэрэт. Хъуэжэ и бэджынэм СулътIан и кIэстум нэхъыфIыIуэр зыщитIагъэри, хьэщIапIэ ежьат. Уэшх къешхати, я уэрам зэвыр ятIэт. Мывэ къалэбгъум зыщритым, мо лIышхуэр щIэцIэнтхъури, шэдыпсым хэхуащ. ЯтIэпсыр къыпыжу къэтэджыжри, абы зиплъыхьащ. Зыри щимылъагъум, уафэмкIэ дэплъейри жиIащ: - Уэлэхьи, схузэфIокI жысIэу, апхуэдизу цIыхум лей езмыхын! Къандес сысей! И ныбжьэгъу гуэрым СулътIан къандес дэджэгурт. А тIур къызэрымыгъапцIэурэ зэманыфI екIуэкIат. Я гъунэгъу гуэр лIауэ, ар кхъаблэм щIэтт. - Къызэт, - жиIэри и ныбжьэгъур къэIэбащ. Пхъэкъур абы щиубыдым, СулътIан жиIащ: - Къандес сысей! Нэхъ захуэ дыдэхэр СулътIан машинэ гуэрым ису къалэ уэрамым ирикIуэрт. Уэрам зэхэкIыпIэ къэс светофор плъыжьым хуэзэурэ машинэр къэувыIэрт. Шофёрыр тхьэусыхащ: - Мы Тхьэр зыгъэпцIын светофорыр сыту пIэрэ нобэ зыхуейр?! Ар щызэхихым, СулътIан гублащхьэм дэсым ехъурджэуащ: - Ухуэмышхыдэт абы! Алыхьымрэ светофорымрэ нэхърэ нэхъ захуэ мы дунеижьым теткъым, щIалэ. Бжыхьым хуэбгъэкIуэнт И ныбжьэгъу хьэкIэпычыжь гуэр СулътIан къоупщI: - Уэ Кремлым и унафэщIу уагъэуватэмэ, завхозу сыкъэпщтэнт? - Уэлэхьи, укъэзмыщтэнт-тIэ, - идакъым СулътIан. - Уэ зы илъэс ныкъуэкIэ а Кремлыр къызэрыхухьар бжыхьым хуэбгъэкIуэнт! Ари директор? СулътIан Налшык зыщигъэпсэхурт. Санаторэм къыдыщыIэхэм мо лIы фафIэшхуэр и псэлъэкIэкIи, и цIыху хэтыкIэкIи ягу ирихьат. Езыр гушыIэрейтэкъэ-тIэ - и къулыкъумкIэ къыщеупщIым, школым и директору яжриIат, завхозу зэрылажьэр ибзыщIри. Зы махуэ гуэрым и директорыр лъагъунлъагъу къыкIэлъыкIуат, арщхьэкIэ сыт хуэдизрэ къимылъыхъуами, абы СулътIан къыхуэгъуэтакъым, и ныбжьэгъухэм ирашэжьауэ къыщIэкIри. Пщыхьэщхьэм унафэщIыр унэм къэмыкIуэжу хъунутэкъыми, зыхуэзахэм елъэIуащ къызэрыкIуар жраIэжыну. - Хэт къэкIуауэ жетIэнур? - щIэупщIащ абыхэм ящыщ зы. - Уи директорыр къэкIуат схужефIэж. Мыдрейхэм ягъэщIэгъуащ: «Мыр сыт - школ директорым директор иIэжу ара?» - жаIэри. СулътIан къекIуэлIэжа иужь, къуажэм къикIыу езым ещхь лIы фафIэ гуэр къызэрыкIуам и гугъу хуащIыжащ. - Сыт-тIэ къывжиIар? - щIэупщIащ ар. - «Уи директорыр къэкIуат схужефIэж», жиIащ. - Уэлэхьи, хъуатэм ар! - зытригъэхьакъым СулътIан. - А лIэун, махуэ тIощIрэ плIыкIэ си пIэкIэ къызэрызгъэнам щхьэкIэ, ари директор хъуауэ ара? ГушыIэхэр къыхэзыхар ИСТЭПАН Залинэщ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "4.txt" }
Адыгэ цейр - лъэпкъыпсэм хэлъ къарум и дамыгъэщ Лъэпкъ фащэр щыгъын къудейуэ щыткъым ар зезыхьэхэм я дежкIэ. Ар зыми хэмыгъуэщэн къэхъугъэщ, щэнхабзэм икIуа гъуэгуанэр къызэпхыщу, лъэпкъыр тхыдэм и кIыхьагъкIэ къыдэгъуэгурыкIуа хабзэм зэрыхуэпэжымрэ нобэрей дунейм зэрекIумрэ я нэщэнэу. Апхуэдэ зы щапхъэщ зэманым зыдиужьурэ зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэр къэзыщта, итIанэми зейм пкърилъхьа купщIэр нобэр къыздэсым зыхъумэфа адыгэ цейри. Ар кавказ цIыхубэм я лъэпкъ щыгъын хъуа къудейкъым, атIэ Урысейм и дзэ щхьэхуэхэми зауэлI фащэу къащтащ. ЛIыгъэ зыхэлъ, хэкум папщIэ и псэм емыблэж зауэлI хахуэм и шыфэлIыфэм къыпхугуэмыхыжын и Iыхьэ хъуащ адыгэ цейр. Щыгъыным апхуэдэ гурыщIэ къуитыфынкIи зэрыхъунур къыхощ урыс усакIуэ Лермонтов Михаил и псалъэхэм: «А зауэлI фащэ махуэм и гугъу пщIымэ, сэ зыкъызохыпэ: лейуэ зы уагъэ скIэрылъкъым; Iэщэр лъапIэщ, ауэ дамыгъэ телъхэр къызэрыкIуэщ; пыIэм Iуда цыр кIыхьыIуэкъым икIи кIэщIыIуэкъым; лъейри вакъэри схуэфIыпсщ; къэпталыр хужьщ, цейр морэщ». Фащэр цIыхум и гум илъыр, и хьэлыр, и плъапIэхэр къызэрыщ гъуджэщ. Цейр ауэ сытми щыгъын къызэрыгуэкIкъым. Ар щызытIагъэ дэтхэнэ зыри хуэсакъын хуейщ абы зригъэувэ щытыкIэм зэрыхуэфэщэным. Цейр зепхьэфын папщIэ, Iэдэб къызэрымыкIуэ пхэлъын хуейуэ къалъытэ игъащIэми. ЗауэлIхэр цейм хуэсакъыу зэрыщытам къыбжеIэ ар я IэщIагъэм нэхъ зэрыхуэщIар. Абыхэм я дежкIэ мыхьэнэ нэхъ зиIэр щыгъыныр пхуэфIу, тыншу уигъэIэбэу, гугъу уримыгъэхьу щытынрат. Урыс-Кавказ зауэм къыщIэна сурэтхэм щыболъагъу дзэзешэ лъэрызехьэхэм шэм пхиуда, сэшхуэм зэгуипхъа, адэ-модэкIэ щыдэжынхэр зытелъ цейхэр ящыгъыу, я щIыIум Iэщэ лъапIэ къытелъу. Урысыдзэм офицер Сталь Карл «Адыгэ лъэпкъым теухуа тхыгъэм» щытопсэлъыхь а Iуэхум: «Бейми тхьэмыщкIэми щыщIагъэ зиIэ щыгъын зэрихьэныр фIэемыкIукъым. Уеблэмэ зызыщихуэпыкIын зи мыхьэлращ шууей нэгъэсауэ къалъытэр». «Куэд зылъэгъуа» цейхэм къаIуатэрт ар зыщыгъым ирихьэкI гъащIэр зыхуэдэр. Егъэлеяуэ гъэщIэрэщIа цеищIэм, псом хуэмыдэу ар щIалэм щыщыгъым деж, фэ Iей къыптригъэуэнкIи хъунут. «Гу лъытапхъэщ, - етхыж Хъан-Джэрий, - адыгэхэм зыпщIыIуэныр емыкIуу къызэралъытэм, аращ къезэгъыу цIыхухэм яхэгъуэщэныр нэм зыкъыщIидзэу зыкъыхэгъэщыным щIытрагъакIуэр; къабзэлъабзэмрэ зэщIэкъуамрэ зыкъизыхым нэхърэ нэхъ къащтэ». ПщылIхэм нэхъ зыхуей хуэзауэ захуапэрт пщы-уэркъхэм нэхърэ. Адыгэ хабзэмкIэ пщы-уэркъхэр хьэлэлу щытын хуейт, я щыгъыным зыгуэр къехъуэпсамэ, тIэу жрамыгъэIэу тыгъэ хуащIыфу. Цейр къызыхащIыкI щэкIхэм я фэм и гугъу пщIымэ, абыи лъэпкъым и гупсысэкIэм и лъэужь къытенащ. Адыгэхэм нэм зыкъыщIэзыдзэ, цIыхум уакъыхэзыгъэщ, къуэлэн-пщIэлэн щатIэгъэн яфIэфIтэкъым. ЦIыхухъу фащэм папщIэ къагъэщхьэпэ щэкI псори зэфэзэщщ, закъуэтIакъуэххэщ фищ нэхърэ нэхъыбэ къыщагъэсэбэпыр. Адыгэхэм фащэм и дыкIэмрэ Iэщэр зэрыгъэщIэрэщIапхъэмрэ апхуэдизкIэ еплъыкIэ пыухыкIа хуаIэти, абыхэм я деж щыхабзэр хуэм-хуэмурэ я гъунэгъу лъэпкъхэми къащтащ. XVII лIэщIыгъуэм щегъэжьауэ хамэ къэралхэм къикIа зыплъыхьакIуэхэм я фIыгъэкIэ «шэрджэс модэр» къухьэпIэм нэсащ. Кавказми КъуэкIыпIэ гъунэгъуми нэхъ цIыху зэкIэлъыкIуэу зыкъыщызылъытэжхэр щIэхъуэпсырт адыгэ цей, абы хуэфэщэн Iэщэ, адыгэш, а псом ищIыIужкIэ адыгэ щхьэгъусэ яIэным. Ван Дейк, Врубель, Рубо хуэдэ сурэтыщIхэм я лэжьыгъэхэр траухуащ адыгэ бзылъхугъэм и дахагъэр къагъэлъэгъуэным. Пушкин, Бальмонт, Лермонтов, Заболоцкий, Байрон, Долматовский сымэ ахэр я усэхэм щагъэлъэпIащ. Гу лъытапхъэщ адыгэ пщащэхэр цIэрыIуэ зэрыхъуа дахагъэм укъыфIэкIмэ, гъэсэныгъэ, шыIэныгъэ, нэмыс яхэлъу, куэдрэ узримыхьэлIэ Iуэху тегушхуэкIэ ядэплъагъуу зэрыщытам. Мис абыхэм ятеухуауэ Немирович-Данченкэ Владимир итхыр: «Щхьэпэлъагэхэу, къуданхэу, лантIэхэу, нэху къызэранэкI фIэкIа пщIэнтэкъым. Я Iэ - я лъэхэм я цIыкIуагъым тырку усакIуэм и тхэн гурыфIыр къригъэкIырт. Иджырейхэми Азие ЦIыкIум апхуэдэ теплъэ зиIэ цIыхухъу е цIыхубз щалъагъукIэ, анэдолэдэсхэм жаIэ хабзэщ: «Абыхэм я лъэпкъым адыгэ бзылъхугъэ хэтщ». Адыгэ цIыхубзым и лъы ткIуэпсым зы цIыху ныбжь игъэкъэбзэфырт». «Черкеска» («адыгэ цей») фIэщыгъэр урысыбзэм зэрыхыхьар тэрч къэзакъхэм я фIыгъэкIэщ. Ахэр XVI лIэщIыгъуэ лъандэрэ Тэрч Iуфэм щопсэу, къэбэрдей адыгэхэм япэгъунэгъуу. 1817 гъэм щIадзащ Кавказым къулыкъу щызыщIэ къэзакъхэм я зауэлI фащэм зэхъуэкIыныгъэ халъхьэныр. Кавказым щыIэ урысыдзэм и тепщэ Эммануэль Георгий кавказ гъунапкъэм къулыкъу щезыхьэкI зауэлI псоми «адыгэ щапхъэм» тету фащэ хузэрагъэпэщыну 1828 гъэм унафэ къищтащ. 1831 гъэм щIышылэм и 16-м къыдэкIа унафэм ипкъ иткIэ къэрал хабзэкIэ цейр зауэлI щыгъын хъуащ. 1858 гъэм Попко Иван кавказ гъунапкъэм къулыкъу щызыхь къэзакъхэм ятеухуауэ етх: «Адыгэхэм я Iэщэр, щыгъыныр, шы зэгъэпэщыкIэр, уанэ тесыкIэр къащта нэужь, абыхэм бийм ещхьу жьы ящIэт хъуащ, я лIыгъэри зыхалъхьащ. Мыхьэнэшхуэ иIэщ зауэлIым и щыгъыныр, и Iэщэ-фащэр, фIыуэ илъагъуным - гъунапкъэтес къэзакъым а гурыщIэр иIэщ. Хэт зымыщIэр фащэмрэ IэбэкIэмрэ здэщыIэм гумрэ щэнымри зэрыкIуэнур?! Зауэм и Iуэхур аракъэ, щхьэусыгъуэ куэдым къыхахыу, щIыпIэм зрагъэзэгъын папщIэ чыристан къэзакъыжьхэм я IэщэкIи, я фащэкIи, уеблэмэ я теплъэкIи я гъунэгъу бгырысхэм ещхь зэрызащIыным иужь итахэщ». XIX лIэщIыгъуэм и плIыщI гъэхэм адыгэ цейр Кавказым щыIэ къэзакъыдзэм пащтыхь унафэкIэ зауэлI фащэ хуэхъупащ. ПщIэ зэрыпылъым, фэ къызэрыптригъауэм и фIыгъэкIэ, адыгэ цейр къэзакъхэм яужь иту урыс дзэпщхэмрэ дзэзешэхэмрэ хуэм-хуэмурэ щатIэгъащ. Зэман дэкIри, адыгэхэм я лъэпкъ фащэр Урысейм тепщэгъуэр щызыIыгъ Романовхэ махуэшхуэм ирихьэлIэу щатIагъэ зауэлI фащэ лъапIэ яхуэхъуащ. Кавказ щIыбым щыIэ щIыналъэхэм я гугъу тщIымэ, цейр щыщатIэгъар Куржым и закъуэщ, ари - пщы-уэркъхэм. Абы къегъэлъагъуэ куржыхэми а щыгъыныр нэгъуэщI лъэпкъым къыбгъэдахауэ зэрыщытыр. Зэманыр зэрыгугъум хуэдэу, нобэрей адыгэхэми Iэмал зэрагъуэту я лъэпкъ щыгъыныр щатIагъэ: нысашэ къудейм мыхъуу, зэхуэсхэм, щIалэгъуалэм я зэIущIэхэм щыболъагъу. Сыт хуэдэу иригушхуэрэ ахэр я фащэм, ар зэращыгъым лъэпкъым зи псэ щIэзыта я адэжьхэм ятеухуауэ жэуаплыныгъэ зэрахьыр зыхащIэу! Лъэпкъ фащэр - хэкум хузэрахьэ лIыгъэм и пшыналъэщ. Цей зехьэкIэ зыщIэм и дежкIэ ар адыгэлIым и хьэл-щэныр, абы и лIыгъэр, нэгъэсыпауэ адыгэ хабзэм и щэхухэм зэрыщыгъуазэр къэзыгъэлъагъуэ нэщэнэщ. Бзылъхугъэ фащэр жыпIэмэ, ари адыгэ цIыхубзхэм я гуакIуагъ узыIэпызышэм, къыхуэт зимыIэ я къыхэхыкIэм и дамыгъэщ. Шэч зыхэмылъращи, фащэр зэрыщыттIагъэу, ди лъэпкъым и къежьапIэр гъунэгъу къытхуохъужри, тхыдэм и бжэхэр къытхузэIуех. Адыгэ фащэм Голливудым щыцIэрыIуэ артистхэу Бред Питтрэ Джоли Анджелинэрэ пщIэ хуащI. «Лидеры отрасли» журналым къитхащ. ЗэзыдзэкIар ЧЭРИМ Марианнэщ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "40.txt" }
Балъкъэр лъэпкъым и узэщIакIуэ Балъкъэр усыгъэм и лъабжьэр зыгъэтIылъахэм ящыщ зы, лъэпкъым и узэщIакIуэ, абы и литературэм и классик Мечиев Кязим къызэралъхурэ мы гъэм илъэси 160-рэ ирокъу. Ар 1859 гъэм дунейм къыщытехьар Хуламэ-Безенги аузым и Шикы къуажэм щыпсэу мэкъумэшыщIэ унагъуэщ. УсакIуэм и адэ щIэныгъэ зыбгъэдэмылъыр хуабжьу щIэхъуэпсырт и къуэр иригъэджэну икIи цIыкIу дыдэу Безенги къуажэм щыщ ефэндым иритауэ щытащ. Илъэсищ дэкIри, Лэскэн мыдрисэм игъэкIуащ. ЩIэныгъэм хуэнэхъуеиншэ щIалэ цIыкIум зэман кIэщIым зригъэщIащ хьэрып тхыбзэр, итIанэ тыркубзэмрэ къэжэрыбзэмрэ джыным яужь ихьащ. Кязим къигъэзэжа иужь, Безенги щыIуощIэ а зэманым хуэфэщэн щIэныгъэ зыбгъэдэлъа Чепеллеу-ефэндым икIи абы дрегъэхьэх литературэм. КъуэкIыпIэ къэралхэм я тхакIуэ-усакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэм абы и гупсысэр япсыхь, и къэухьымрэ псэкупсэмрэ къулей ящI. Мечиев Кязим и гуащIэр зы жыпхъэ гуэрым фIэкIыпIэншэу пхуигъэзагъэркъым. КъэхутакIуэхэм хуэгъэфэщауэ къыхагъэщхьэхукI и творческэ зыужьыныгъэр зыхалъагъуэ Iыхьэхэр. Япэр, и усакIуэ гъуэгуанэм и щIэдзапIэу къэплъытэ хъунур, муслъымэн еджапIэмрэ Мэчэм хьэжыщI зэрыщыIамрэщ. Абы и япэ IэдакъэщIэкIхэр диныр зи лъабжьэ поэмэхэмрэ зэчырхэмрэщ, лъагъуныгъэмрэ псэуныгъэмрэ къызыхэщ лирикэ мащIи щIыгъуу (1890 - 1900 гъэхэр). ЕтIуанэм къызэщIеубыдэ КъуэкIыпIэ къэралхэр къыщызэхикIухьа пIалъэр, Каир дэт Аль-Азхар университетыр къыщиухар. Илъагъу псом къагъэуш гурыщIэр тхылъымпIэм щытритхэ илъэсхэм - 1900 - 1917 гъэхэм - абы и къалэмыпэм къыщIокI философие лирикэрэ поэмэхэмрэ. Октябрь социалист революцэмрэ Граждан зауэмрэ - а тIуращ ещанэ Iыхьэм и лъабжьэу къэплъытэ хъунур. Гум къэкI шэчхэр, гуитIщхьитIыгъэр, пэжыр къэлъыхъуэныр, жыпIэнурамэ, дунеищIэмрэ цIыхущIэхэмрэ «къызэIухыныр» къызэщIиубыдащ Хэку фIылъагъуныгъэкIэ псыхьа лирикэм (1917 - 1944). ЕплIанэ Iыхьэу бгъэбелджылы хъунущ 30 - 40 гъэхэр (лъэпкъыр хэкум щрашар). Мечиевым усэ куэд и къалэмыпэм къыщIэкIащ, а псоми щигъэлъапIэр хэкурщ, лъэпкъырщ, цIы­хурщ, абы и унэмрэ и лъапсэмрэщ, уеблэмэ щхьэхуэу и гугъу пщIы хъуну къыхегъэбелджылыкI фIыуэ илъагъу щIыпIэм и мэ гуакIуэр. ЦIыхугъэр, мурадым ерыщу хуэкIуэныр, лэжьыгъэр фIыуэ лъагъуныр, пцIымрэ напитIу ущытынымрэ зэрыгущыкIыгъуэр - ахэращ усэхэм къыщиIэт гупсысэ нэхъыщхьэхэр. КъызыхэкIа балъкъэр лъэпкъым и псэукIэмрэ абы и къэкIуэнумрэ, бгырысхэм я псэукIэ гугъур художественнэу къыщигъэлъэгъуэн хузэфIэкIащ «Жаралы жугъутур» («Раненый тур». 1907) поэмэм. Дыгъужь мэжэщIалIэм ирихужьа щыхь уIэгъэр лей зытехьэ цIыхухэм я дамыгъэщ. УсакIуэр щIолъэIу, щакIуэ Хьэшим хуэдэу, и лъэпкъым къыщхьэщыжын, «гъущI лъэхъур изыхыфын» къыкъуэкIыну. ЦIыхухэм гъащIэ дахэ къазэрыпэплъэр и фIэщ зэрыхъур къызыхэщ усэхэри и мащIэкъым Кязим. Абыхэм я нэхъыбэр 1939 гъэм къыдэкIа «Мени сезюм» («Си псалъэ») усэ тхылъым ихуащ. А илъэс дыдэм и щэкIуэгъуэ мазэм Кязим къыхуагъэфэщащ «КъБАССР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр. 1962 гъэм Москва дунейм къыщытехьауэ щытащ урысыбзэкIэ зэрадзэкIа усэхэр зэрыт япэ тхылъыр. 1989 гъэм къыдэкIащ и тхыгъэ къыхэхахэр иту томитI хъу тхылъ. 1996 гъэм балъкъэр усакIуэ Бегиев Абдулэхь и фIыгъэкIэ цIыхухэм яIэрыхьащ Совет властым и зэманым къемызэгъыу къалъытэу щыта, диным теухуа усэхэр. Хэкум ираша лъэпкъым къыхэкIа усакIуэм и гущIагъщIэлът зэгуэр къигъэзэжыну, ауэ иухатэкъым фIыуэ илъагъу щIыпIэм щыплъэжыну. 1945 гъэм Къэзахъ ССР-м хыхьэ Талды-Курган щылIэжащ. ЛIэщIыгъуэ ныкъуэ дэкIа иужь, абы и хьэдэ къупщхьэхэр къашэжри, къыщалъхуа щIыналъэм щыщIалъхьэжащ. ИСТЭПАН Залинэ. Мечиев Кязим Уэс къос Къосыр уэсыр, къос... Борэнщ, Бейм и дежкIэ ар зэран? Бейм игу уэсым иримыгъу - Бейм и Iэщыр лъапIэ мэхъу. Хэлъщ ар къауцыпIэ щабэм, Хуабэщ унэр, щIыIэщ щIыбыр. Щылъщ Iуэхуншэу махуэ кIыхьым, Жэщыр хъумэ - IэфIщ и пщIыхьыр. ПщIантIэм жьыбгъэр къыщокъугъыр, Бейм имыIэ гуныкъуэгъуэ. КIэншэу ахъшэ ебж и фызым, Щоуэ, йошри, зэзэмызэ. И къуэр къэкIуэжащ ефауи, Илъщ гъуэлъыпIэм щIэуфауэ. И пхъур, и щхьэр ежьри, щысщ - Уэркъ псэлъыхъухэм йогупсыс… Исхэр щIыIэм нобэ хэт? Исхэр - лIыщIэщ, унэIутщ. Бейм телажьэу жэщи махуи, Зымылъагъухэрщ дуней нэхур. Бейм и псыхьэр псыхъуэм щогъ - И бын тIэкIум игу ящIогъу... Ещхьыркъабзэу, ер я натIэщ Iэхъуэ-шыхъуэу губгъуэм итым. Бжьыр ятелъу гъащIэр зыхьхэм ЗылI ишхын лэжьапщIэу къахькъым. Тхьэусыхэ хъум къахэкI - Чыржын Iыхьэм занщIэу покI. Сыт нэгъуэщI бейм къыпыпхын - УтхьэмыщкIэм, лей къыуихынщ. УтхьэмыщкIэм, дунейм тет, Гугъу уехьын фIэкI, узыхуит?.. Борэнышхуэщ, уэсыр къос, IэпцIэлъапцIэу щIыIэм ес. Бейм щымыIэ игу щIэуз - Джэдыгу хуабэщ, ныбэизщ! 1886 * * * Ди нэмысыр, КъурIэн лъапIэу, Щызетхьэныр щIым дэ тфIэфIт. Куэду хабзэ, гущIэгъу, напэ Къытщагъуэту дыпсэуфт. Ди цIыхугъэр щхьэ бгырысхэм, ЩытфIэкIуэдрэ-тIэ дунейм? ДещIыр зэман бзаджэм мысэ - Къытщыхуащ дэ тхьэм и ней. ЩIалэгъуалэм пщIэ нэхъыжьхэм ХуамыщIыжу щIокI си нэгу. ЩыщагъэкIыр пщыжь-уэркъыжьхэр, Щхьэщэ хуащIурэ, си хэку. Зэщохьэжыр си жылэгъухэр - Яку IэфIыгъэ дэмылъыж. Ди хьэ дыдэхэр - солъагъур - Зыгъэшхахэм яхуолъыж... Ещхьщ, уи хабзэр пщыгъупщэжмэ, Андезыншэу пщIым нэмэз. Гугъущ кIуэ гъуэгухэр Чэбэм, Щамым, Гугъущ зепхьэнри уи нэмыс. 1898 * * * СогъукIэ, гъущIым си гу бампIэр Тескъутэу. Къызожэх пщIэнтIэпс. ЛъэIэскъым си Iэр си гугъапIэм - ЦIыхубэм гъущыркъым я нэпс. Соусэ, си лъыр къэплъу кIэншэу - ЩыкIауэ бейхэр дунейм тетщ. Ди щIыбым икIыркъым я башыр, Гъэшауэ дэ я пащхьэ дитщ. Допсэу, ди хьэлъэу къыттралъхьэр, ЗылъэкIхэм я IэмыщIэ дилъщ. Щхьэ тшэчрэ сытри бгырысылIхэм, Дапщэщ щытхуэщIэжынур дилъ? Мывалъэщ щIапIэу дэ ди Iыхьэр, Дгъэщабэу зетхьэр - бейхэм ящIщ. Захуагъэм сыт дытепсэлъыхькIэ? - Хьэлэч мэжэщIалIагъэм дещI. Ди гъащIэр кIыфIщ дэ, хуэдэу мащэм, ДощэIур, гуауэр ди гъущI лъэхъущ. IэщIыб гугъуехьырщ дызымыщIыр, ПщIыхьэпIэу гуфIэгъуэр долъагъу. ТлъэкIынт дэ пщыжь-уэркъыжь ерухэр ГуIэжу зэхэзедгъэжэн - ЗэуIу тхуэщIамэ ди къарухэр, ДиIам гъунэжу Iэщэ жан. Ехузыр щIылъэр залымыгъэм, ГъэрыпIэм итхэр фIым щогугъ. Насыпыр къызэрахьыр лIыгъэщ - Къэзэу, ухуеймэ, ар, ныбжьэгъу! Дунейм ер кIэншэу щытепщэнкъым, Пащтыхь чэщанэхэр лъэлъэнщ. Щхьэхуитыныгъэм ижь къепщэнум ЩыхупIэм куэд иригъэлъэнщ. Захуагъэ дыгъэр къыкъуэкIынщи, КIыфIыгъэ гъащIэр илыпщIынщ. ТхьэмыщкIэу хъуам егуэпэкIынщ ар: Хуит щIыри псыри яхуищIынщ. 1900 * * * Гур уIэгъэм - мэуз, мафIэм ису. Лей зытехьэм - ещIэ лейр зищIысыр. Лъыр йожэх, чы уапIэщи, ди щIыфэм. Ди тхьэ, уэ уолъагъур нобэ дгъэвыр. Ди тхьэ, нобэ дгъэвыр уэ уолъагъур. Дэнэ щыIэ атIэ уи захуагъэр? ГъащIэр тхьыну ди щхьэр егухауэ? Гузэвэгъуэ ди натIэ къиптхар уэ? 1909 * * * НыбжезыIэр моуэ Кязим щIакъуэщ: Дуней нэхур сэ иджыщ щыслъагъур. Ауэ, жьы сыхъуащ, схьыжынкъым щIагъуэ… ГъащIэ дахэм хрет стхахэр фщIыгъуу. 1939 Усэхэр зэзыдзэкIар БИЦУ Анатолэщ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "400.txt" }
Абджыпсым хуэIэзэ Гъэлъэгъуэныгъэхэр СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм, иджыблагъэ къыщызэIуахащ Ингуш Республикэм и цIыхубэ сурэтыщI Батаев Михаил и ныбжьыр илъэс 80 щрикъум теухуа гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэн. Музейм и пэшищым нэхугъэр зэбэкI лэжьыгъэхэр щIэплъагъуэрт. Батаевым утыку кърихьат и IэдакъэщIэкI сурэтхэмрэ абджым къыхэщIыкIа скульптурэхэмрэ. КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм къыбгъэдэкIыу зэIущIэм къыщыпсэлъащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ сурэтыщI Жылэ Анатолэ. Ар Батаевым и гъэлъэгъуэныгъэмрэ юбилеймкIэ ехъуэхъуащ. - ИкъукIэ лэжьыгъэ гъэщIэгъуэнхэр ди пащхьэ кърихьащ Батаев Михаил. Псом хуэмыдэу абджым къыхэщIыкIа лэжьыгъэхэр телъыджэ дыдэщ. Апхуэдэу а техникэм Кавказ Ищхъэрэм щрилэжьэфыр зырызщ, - жиIащ Жылэм. КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Темыркъан Геннадий къыщыпсалъэм жиIащ Батаевыр зэрысурэтыщI Iэзэм къищынэмыщIауэ, цIыху гъэщIэгъуэнуи къызэрилъытэр. - Абы хуэдэу абджым хуэIэижь ди хэгъэгум искъым, ар зи лэжьыгъэр фIыуэ зылъагъу, еш зымыщIэ цIыхущ. Мы выставкэм щыслъэгъуа лэжьыгъэхэм Михаил и сурэтхэм нэгъуэщIынэкIэ срагъэплъащ. Си гъащIэр иджыри зы сурэтыщI IэзэкIэ нэхъ бей хъуащ. А и зэфIэкI псом къадэкIуэу, ар икIи егъэджакIуэ Iэзэщ,- жиIэри Темыркъан Геннадий Батаевым иритащ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм къыбгъэдэкI ФIыщIэ тхылъыр. Музейм и лэжьакIуэ Леонтьевэ Нинэ къыщыпсалъэм къыхигъэщащ а художникымрэ музеймрэ илъэс куэд щIауэ зэрызэдэлажьэр. Батаевым и IэдакъэщIэкIхэр зылъагъу дэтхэнэри абыхэм зэратхьэкъури дыщIигъужащ. Зэман къыдагъахуэу и гъэлъэгъуэныгъэм къекIуэлIа псоми фIыщIэ яхуищIащ Батаевым зэIущIэм и кIэухым. Щомахуэ Залинэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "401.txt" }
Республикэм и телевидениер бжыгъэхэр зи лъабжьэ технологием хуэкIуащ Телевидением зегъэужьынымкIэ республикэр лъэхъэнэщIэм зэрыхыхьам и дамыгъэ Iуэху Налшык дэт радиотелецентрым щекIуэкIащ. А махуэм КъБР-м и щIыналъэм щагъэувыIащ аналоговэ вещанэр икIи бжыгъэхэр зи лъабжьэ телевиденэм щыхуэкIуащ. Мэлыжьыхьым и 15-м КъБР-м и радиотелецентрым щыIащ республикэм и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, абы и къуэдзэ Къардэн Мурат, щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин, министерствэ, ведомствэ зэмылIэужьыгъуэхэм я лIыкIуэхэр, цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэр. ЕкIуэкI Iуэхум мыхьэнэшхуэ зэриIэр къалъытэри, хьэщIэхэр хуит ящIащ федеральнэ канал 20-р зэрылажьэм кIэлъыплъын папщIэ инженерхэм фIэкIа зыщIэмыхьэ центрым еплъыну. Аналоговэ вещанэр къызэрызэтрагъэувыIэм и дамыгъэм трикъузэн ипэкIэ Мусуков Алий къызэхуэсахэм захуигъэзащ: - ПщIэ зыхуэсщI ныбжьэгъухэ, КъБР-м и цIыхухэ! Къэбэрдей-Балъкъэрым и дежкIэ нобэ тхыдэ мыхьэнэ зиIэ махуэщ. Республикэм и телевиденэмрэ радиомрэ бжыгъэхэр зи лъабжьэ вещанэм хуокIуэ. Абы и фIыщIэкIэ унагъуэ псоми Iэмал ягъуэт иджырей технологие пэрытым тету телевиденэм еплъыну. Гъуэгу махуэ! 2019 гъэм щIышылэм и 1 лъандэрэ Урысей Федерацэм и щIыналъэхэм аналоговэ вещанэр къыщагъэувыIэ икIи бжыгъэхэр зи лъабжьэ телевиденэм щыхуокIуэ. Мазаем и 11-м апхуэдэ Iуэхухэр УФ-м и субъекту 7-м щекIуэкIащ, мэлыжьыхьым и 15-м аналоговэ телевиденэр субъекту 19-м къыщагъэувыIащ, ди республикэри абыхэм яхэту. Иджырей вещанэм хеубыдэ пщIэншэу къагъэлъагъуэ федеральнэ канал 20. Нэхъ япэкIэ къыщIагъэкIыу щыта телевизорхэм бжыгъэхэр зи лъабжьэ программэхэр къаубыдыркъым, ауэ абыхэм уасэшхуэ зимыIэ декодер пыпщIэ мэхъу. Иджырей телевизорхэр щIэуэ зэтраухуа вещанэм хуэщIащ. Бжыгъэхэр зи лъабжьэ вещанэм зэкIэ фи телевизорхэр хуэвмыгъэпсамэ, абы щхьэкIэ фигу щIэныкъуэн щыIэкъым. Телевиденэм и канал псоми мыгувэу къатынущ IэщIагъэлIхэр къевмыгъэблагъэу фи телеприемникхэр фэр-фэру зэрызэтевухуэну щIыкIэр. Апхуэдэу урысей телерадиоцентрым фыпсалъэу абы и IэщIагъэлIхэм фечэнджэщ хъунущ. Къэгъэлъэгъуапхъэщ аналоговэ вещанэр къызэрагъэувыIэм и зэран кабельнэ, спутник телевиденэхэм еплъхэм зэремыкIынур. Бжыгъэхэр зи лъабжьэ телевиденэм хиубыдэ канал 20-м ахэр, япэми хуэдэу, еплъыфынущ. Мазуренкэ Маринэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "402.txt" }
Гъуэгуанэ купщIафIэ Май район Май къалэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм щагъэлъэпIащ щIыналъэ сабий библиотекэр къызэрызэIуахрэ илъэс 70 зэрырикъур. ЦIыхум и щIэныгъэм хэгъэхъуэ­нымрэ къыдэкIуэтей щIэблэр фIым щIэ­пIы­кIынымрэ зи къалэн нэхъыщхьэу къекIуэкI IэнатIэм ноби и зэфIэкI псори ирехьэлIэ районым щыпсэу, лъэпкъ зэхуэмыдэхэм къахэкIахэм я зэныбжьэгъугъэр егъэфIэкIуэным, лъэпкъыбзэхэр хъумэным, щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ гъащIэм куууэ хэпщэным. Тхылъ хъумапIэм и махуэм кърагъэблэгъа хьэщIэхэр (щIыналъэ администрацэм, курыт еджапIэхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, щIэджыкIакIуэхэр) тепсэлъыхьащ библиотекэм къикIуа г­ъуэгуанэм, нобэ иригъэкIуэкI лэжьыгъэм. ЗэIущIэм хэта ветеранхэм апхуэдэу ягу къагъэкIыжащ зауэ нэужь лъэхъэнэм а IэнатIэм иIа мыхьэнэмрэ абы лэжьыгъэ купщIафIэ къыщезыхьэлIа IэщIагъэлI гъуэзэджэхэмрэ. А махуэм къызэхуэсахэм папщIэ концерт ятащ, лъэпкъхэм къадекIуэкI таурыхъхэм къытращIыкIа теплъэгъуэхэр ягъэлъэгъуащ, усэхэм къеджащ. ЗэIущIэм и кIэухым фэеплъ дамыгъэхэмкIэ я цIэ ираIуащ библиотекэм и щIэджыкIакIуэ жыджэрхэм. ШЭРЭДЖ Дисэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "403.txt" }
Дунейм щыхъыбархэр Сом мелард 65,7-рэ хъу хэщIыныгъэ Iулъхьэ зэIэпыхыным пыщIа щIэпхъаджагъэу Урысейм илъэс блэкIам щалэжьауэ къыщIагъэщахэр куэдкIэ нэхъыбэ хъуащ. Къэралым и прокурор нэхъыщхьэ Чайкэ Юрий зи унафэщI IэнатIэм илъэс кIуам зэфIигъэкIахэм ятеухуауэ иджыблагъэ ищIа докладым апхуэдэу щыжиIащ. ФедерацэмкIэ Советым прокурорым игъэхьа тхыгъэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, коррупцэм и зэранкIэ къэралым сом мелард 65,7-рэ хэщIыныгъэу игъуэтащ. Ар процент 66-кIэ нэхъыбэщ абы ипэ ита илъэсым елъытауэ - сом мелард 39,6-рэ хъууэ щытар мелард 65,7-м нэсащ. Прокурорым апхуэдэуи къыхигъэщащ къэрал мылъкум хагъэщIар ирагъэкъужынми хуэунэтIа лэжьыгъэр зэрефIэкIуар - я мылъкур къатхьэкъуми, къуэды тралъхьэми, 2017 гъэм сом мелард 26,5-рэ ирагъэпшыныжауэ щытамэ, илъэс кIуам а бжыгъэр сом мелард 46,5-рэ хъуащ. Абы хэщIыныгъэм и процент 71-р ирагъэтыжауэ къокI. Фэеплъыр теIэпхъэ ящI Прибалтикэм хыхьэ республикэхэм щIэх-щIэхыурэ къоIукI совет зэманым ящIа псори Iейуэ къыщIрагъэдзыну яужь зэритым теухуа хъыбархэр, урысыбзэм ирипсалъэхэр зэхэзехуэн зэращIми, а бзэр ирамыгъэджыну зэрыпаубыдми, нэгъуэщI мыхъумыщIагъэхэми псори щыгъуазэщ. Псом хуэмыдэу теIэпхъэ ящIыр совет къэралыгъуэм и зэманым яухуа фэеплъхэрщ - ахэр ихын хуейуэ къагъэув, абы теухуа унафэ кърагъэщтэн папщIэ къэрал унафэщIхэм зэрызыхуагъазэ тхылъхэм цIыхухэм Iэ щIрагъэдз. Куэд щIакъым апхуэдэ зы Iуэху аргуэру къызэрыхалъхьэрэ. Къэралыр фашистхэм къыщыIэщIагъэкIыжым хэкIуэдахэм 1985 гъэм хуащIауэ щыта мемориал комплексыр ТекIуэныгъэм и паркым итщ. Иджы аращ ягу зэбгъар. Совет зауэлIхэм я фэеплъыр къутэжын хуейуэ къэзылъытэ цIыху мини 10-м абы теухуа тхылъ къалащхьэм и мэрием щIалъхьащ. Ар зымыдэхэр, фэеплъым къыщхьэщыжхэр хуэдитIкIэ нэхъыбэу къыщэкIащ - цIыху мин 20-м я Iэ зыщIэлъ тхылъи щIалъхьащ къалащхьэ администрацэм. А фэеплъым деж цIыху минищэхэр илъэс къэс щызэхуос ТекIуэныгъэм и махуэр ягъэлъэпIэну. Арауи къыщIэкIынущ фэеплъым и бийхэм ягу темыхуэххэр - къэралым исхэм ящыщ куэдым къалъытэ советыдзэхэм Латвиер лъэщыгъэкIэ яубыдауэ. «Политикхэр иджы едапщанэрэ зэныкъуэкъурэ а фэеплъым теухуауэ? Мыбдежым жысIэну сызыхуейращ: фэеплъым и унафэ зыщIыр Ригэ и думэрщ икIи ар ирахыну абы зыри хуит ищIынукъым. Ар дэ дызытемыкIын Iуэхущ - фэеплъым езауэу яхуэддэнукъым», - жиIащ Ригэ и Iэтащхьэ Ушаков Нил. КъимыдэкIэ, Латвием нэгъуэщI къэрал IуэхухэмкIэ и министерствэм цIыхухэм ягу къигъэкIыжащ совет зауэлIхэм я фэеплъыр ипхынкIэ Iэмал зэримыIэр, ар Латвиемрэ Урысеймрэ я правительствэхэм зэращIылIа зэгурыIуэныгъэм щыубзыхуа мардэхэм зэрахъумэр. Иджыблагъэ мыри къыщыхалъхьащ Латвием – Дзэ Плъыжьым хэта сэлэтхэм я фащэр я къэралым зыми щыщитIэгъэну хуит ямыщIыныр. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, абыи зэныкъуэкъушхуэ къикIынущ. Сыту жыпIэмэ, ТекIуэныгъэм и махуэм - Накъыгъэм и 9-м - апхуэдэ фащэхэр ящыгъыу цIыхухэр уэрамхэм къыдохьэ. Нобэ ♦Гемофилием (лъыр пцIэным пыщIа узыфэщ) и дунейпсо махуэщ ♦УФ-м Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и органхэмрэ къэрал кIуэцI дзэхэмрэ я ветеранхэм я махуэщ. 2011 гъэ лъандэрэ ягъэлъапIэ. ♦Сирием и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ (1946 гъэм ягъэуващ) ♦Японием щагъэлъапIэ сабийхэр хъумэным и махуэр ♦1877 гъэм Толстой Лев «Анна Каренина» роман цIэрыIуэр тхын иухащ. ♦1992 гъэм Урысейм официальнэу игъуэтащ «Урысей Федерацэ», «Урысей» цIэхэр. ♦2005 гъэм Урысейм щекIуэкIащ Красноярскэ крайр, Таймырыр, Эвенкиер зэгуэгъэхьэным теухуа референдум. Абы хэтахэм я процент 92,44-м къагъэлъэгъуащ щIыналъэхэр зы хъуным зэрителъхьэр. ♦1894 гъэм къалъхуащ актёр, СССР-м и цIыхубэ артист Щукин Борис. Абы и цIэр 1939 гъэм Театр училищэм фIащащ. ♦1894 гъэм къалъхуащ совет къэрал къулыкъущIэ, 1953 – 1964 гъэхэм СССР-м и унафэщIу щыта, Совет Союзым и ЛIыхъужь, Социалист Лэжьыгъэм щэнейрэ и ЛIыхъужь Хрущёв Никитэ. ♦1927 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ КIуащ Верэ. ♦1912 гъэм къалъхуащ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, РСФСР-м щIыхь зиIэ и машинэухуэ Ахъуэхъу Анатолий. ♦1955 гъэм къалъхуащ «Краснодарпроектстрой» IуэхущIапIэм и унафэщIу щыта, Краснодар крайм и Хабзэубзыху Зэхуэсым и депутат, УФ-м щIыхь зиIэ и ухуакIуэ Тутэрыщ Батырбий. ♦1968 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ, Урысейм и цIыхубэ артисткэ Валерие (и цIэ-унэцIэ дыдэр Перфиловэ Аллэщ). Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 11 - 12, жэщым градуси 4 - 6 щыхъунущ. Лъэпкъ Iущыгъэ: Гъатхэ дыгъэм кIагъуэпскIэ уегъэпскIри, бжьыхьэ дыгъэм тхъупс къыптрекIэ. Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "404.txt" }
Джэданэ зэкъуэшхэр Куэдрэ къэхъуркъым зы адэ-анэм къалъхуа зэкъуэшхэм ехъулIэныгъэ инхэр спортым щаIэу. Нобэ зи гугъу фхуэтщIыну Джэданэхэ Залымрэ Алимрэ дзюдом лъэужь дахэ къыщагъэнащ икIи тIури дунейпсо классымкIэ спортым и мастер хъуащ. Къамылыкъуэ адыгэ къуажэжьыр зи къежьапIэу Налшык псэупIэ зыхуэхъуа Джэданэ Щэлэуат къалэшхуэм къахузэIуиха Iэмал псори и къуитIым нэсу къахуигъэсэбэпащ. ЗэкIэлъхьэужьу 1981, 1983 гъэхэм къыхуалъхуа Залымрэ Алимрэ абы къигъэхъуащ къызыхэкIа лъэпкъ хабзэмрэ нэмысымрэ яIыгъыу, я Iэпкълъэпкъыр жырым хуэдэу псыхьауэ. И къуэхэм я ныбжьыр илъэситху ирикъуа къудейуэ арат тренер гъуэзэджэ Сэралъп Олег и деж самбэмрэ дзюдомрэ зыщыхуагъэсэну щритам. Залым нэхъыжьти, Алим абы сыт илъэныкъуэкIи дэплъейрт икIи и щапхъэт. Зэкъуэш цIыкIухэр зэхуэгумащIэу, зыр адрейм къыщхьэщыжрэ игъэгушхуэу къэхъуащ. Дауи, Залымщ япэ ехъулIэныгъэхэр зиIар, ауэ ахэр тIуми зэдагуэш зэпытт. Я ныбжьыр нэхъ къыдэкIуэтеихукIэ, зэкъуэшхэр нэхъ зэкIэщIэкI хъуащ. Ахэр зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэхэм зэтемыхуэу куэдрэ хэтт, мазэм, илъэсым зэкъуэтIакъуэ фIэкIа щызэхуэмызэ къэхъуу. АрщхьэкIэ я хъыбар зэрымыщIэу, телефонкIэ нэхъ мыхъуми зэмыпсалъэу зы махуи дэкIыртэкъым. ЗэкъуэшитIри Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам 2007-2017 гъэхэм сыт щыгъуи ираджащ. Залым самбэри дзюдори зэдихьащ, ехъулIэныгъэ инхэр зэхуэдэу щиIэу. А тIумкIи спортым и мастер хъуащ. ЖыпIэну ирикъунщ Джэданэ Залым 2001 гъэм екIуэкIа, самбэмкIэ къэралым и зэхьэзэхуэм зэрыщытекIуар икIи а илъэс дыдэм дунейпсо чемпионатым и финалым зэрыщыбэнар. Илъэситху дэкIри, дзюдомкIэ Дунейпсо кубокым Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам хэту щIэбэнащ икIи ещанэ щыхъуащ. А гъэ дыдэм къэралым и кубокыр зыIэригъэхьащ. Аргуэру илъэс дэкIри, Европэм и финалым нэсащ. 2005-2008 гъэхэм Джэданэ Залым зыри къыщыпэлъэщакъым Урысей Федерацэм IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм и чемпионатым. Псоми ящIэрт абыхэм адыгэ щIалэр зэрыщытекIуэнур. Иужьу Залым ехъулIэныгъэ ин щиIар 2017 гъэращ. Америкэм и Штат Зэгуэтхэм и Лос-Анджелес къалэм щекIуэкIа, Полицейхэмрэ мафIэсгъэункIыфIхэмрэ я XVII Дунейпсо джэгухэм килограмм 66-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм ар щытекIуэри, Урысей Федерацэм дыщэ медалыр къыхуихьащ. Абы папщIэ хигъэщIащ Кубэм, Бразилием, Монголием, Къэзахъстаным, Китайм я бэнакIуэ лъэщхэр. КIэух зэIущIэм къищынэмыщIа, адрей псоми хухаха зэманыр имыухыу ди лъахэгъур и хьэрхуэрэгъухэм ятекIуащ. Залым и къуэш нэхъыщIэ Алими зэрыгушхуэн и куэдщ. Абыи самбэри дзюдори зэдихьу щIи­дзат икIи 2004 гъэм Урысей Федерацэм и чемпион самбэмкIэ хъуат. АрщхьэкIэ иужьым дзюдом къытеувыIащ ар Олимп джэгухэм я программэм зэрыхэтым къыхэкIыу. Дэтхэнэ спортсменми япэ иригъэщ а зэхьэзэхуэ иным хэтын папщIэ Джэданэ Алим куэд дыдэ илэжьащ. Абы дзюдомкIэ къэралым и чемпионыгъэр 2006 гъэм зыIэригъэхьэщ, илъэситI дэкIауэ Европэм и жэз медалыр щIигъужри, Китайм и къалащхьэ Пекин щекIуэкIыну Гъэмахуэ Олимп джэгухэм хэхуащ. Псори хъарзынэу ежьа хуэдэт. Алим и хьэрхуэрэгъухэр иригъэкIуэтэкIыурэ килограмм 66-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм и финалым и Iыхьэ плIанэм нэсат. АдэкIэ чемпионыгъэм лъэбакъуищ иIэжу арат. АрщхьэкIэ Франджым щыщ Дарбеле Бенджамен фIэкIыфакъым. Жэз медалым папщIэ Кубэм икIа Аренсибиа Йорданис щебэнами къыхигъэщIащ. Китайм щекIуэкIа Олимпиадэм ехъулIэныгъэ зэрыщызыIэримыгъэхьэфар и гум щIыхьа пэтми, Алим къыгурыIуэрт абдежым гъащIэр зэрыщимыухыр икIи илъэс 25-рэ фIэкIа ныбжьу зимыIэ спортсменыр адэкIи ерыщу бэнэн зэрыхуейр. АбыкIи лъэкI къигъэнакъым. И къуэш нэхъыжь Залым и унафэм щIэту къыкIэлъыкIуэ олимп лъэхъэнэми зыхуигъэхьэзыращ икIи и зэфIэкIым зыми шэч къытригъэхьакъым. Ар зэхьэзэхуэ куэдым щытекIуащ, ауэ нэхъ мыхьэнэшхуэ дыдэ зиIэр 2012 гъэм и пэщIэдзэм Челябинск щызэхэта, Европэм и чемпионатрат. Абы кърикIуахэм япкъ иткIэ яубзыхунут Лондон гъэмахуэм щекIуэкIыну Олимп джэгухэм хэтынухэр. Зэхьэзэхуэм и япэ махуэм гуфIэгъуэ ин къытхуихьащ - дыщэ медалхэр зыIэрагъэхьащ килограмм 60-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм хэта Мудрэн Беслъэнрэ килограмм 66-м нэс зи хьэлъагъ Джэданэ Алимрэ. Ахэр Европэм и чемпион хъуащ икIи Олимп джэгухэм хуэзышэ гъуэгухэр къахузэIуха хуэдэт. Джэданэ Алим и япэ хьэрхуэрэгъухэр къытемыхьэлъащэу Челябинск щыхигъэщIащ. ЯпэщIыкIэ ар ефIэкIащ румын Фази Данэ. КъыкIэлъыкIуэу Азербайджаным щыщ Шихализада Нихьэтрэ Куржым къикIа Шавдатуашвили Лашэрэ «иригъэкIуэтэкIащ». Финалым кIуэн папщIэ Алим ныкъуэкъуэгъу къыхуэхъуащ мэжэр (венгр) Унгвари Миклош. Адыгэ щIалэм ари иригъэкIуэтыну хузэфIэкIащ. АдэкIэ Европэм и чемпион хъунур щызэхэкIыну кIэух зэIущIэм къыщыпэплъэрт поляк Ковальский Томаш. Дауи, Джэданэм и зэфIэкI псори финалым къыщигъэлъэгъуащ – ахэр зэрымымащIэр дзюдом дихьэх дэтхэнэми ещIэ. Алим къыпэщIэтри езым хуэфэщэнт икIи Европэм и чемпион хъунур щызэхэкIар зэIущIэр иухыным секунд 20 иIэжущ. Ди лъахэгъум и Iэзагъ, ерыщагъ псори зэщIикъуэжри, и хьэрхуэрэгъу лъэщыр хигъэщIащ! Арати, Челябинск и «Трактор» стадион абрагъуэм щекIуэкI зэхьэзэхуэм и япэ махуэр адыгэ щIалэхэм хуабжьу яхуэугъурлащ – зэи къэмыхъуауэ, Мудрэн Беслъэнрэ Джэданэ Алимрэ Европэм и чемпион хъуащ. - Европэм и чемпионатыр зэи тыншкъым, - жиIащ Джэданэм зэхьэзэхуэм щытекIуа иужькIэ журналистхэм щаIущIам. – Дыщэм сынэсын папщIэ гъуэгуанэ хьэлъэ къызэзнэкIащ: абы ипэкIэ щэнейрэ жэз медалхэр къэсхьащ. Иджы чемпион сызэрыхъуам дэрэжэгъуэ ин къызет. ТекIуэныгъэр къысхуэзыхьа тедзэкIэр къызэрызэхъулIар, уеблэмэ, сщIэркъым. КъыздэщI цIыху минхэм къару лей къысхалъхьауэ къыщIэкIынущ. - Тыншу уи хьэрхуэрэгъур хэбгъащIэмэ нэхъ къапщтэрэ хьэмэ, нобэ хуэдэу, гугъу удехьмэ текIуэныгъэр нэхъ IэфI? - Тыншу утекIуэкIэ е пфIахькIэ, зыри къуиткъым. Гугъуехьым къыхэпхаращ IэфI зыщIэлъыр. - 2008 гъэм екIуэкIа Олимп джэгухэм етхуанэ ущыхъуащ. Абы лъандэрэ блэкIа зэманым уи Iэзагъым хэбгъэхъуауэ къэплъытэрэ, Лондон медаль къыщыпхьыфын хуэдэу? - Иджыпсту псом ящхьэр Олимпиадэм кIуэнухэм сахэхуэнырщ. Нобэ сыт хуэдэ зэхьэзэхуэм сыхэтынуи, абы сыщытекIуэнуи сыхьэзырщ. АрщхьэкIэ спортым сытри къыщыхъуфынущ. Къапщтэмэ, блэкIа Олимп джэгухэм сэ текIуэныгъэр щысIэщIахар иужь дыдэ секундхэрщ икIи абы къыхэкIыу зыри жысIэфынукъым. ЯпэщIыкIэ Лондон кIуэнухэр ираубзыху. Алим и псэм ищIа хуэдэт гугъуехь лейхэр къызэрыхукъуэкIынур. Европэм и иужьрей чемпионатым зэрыщытекIуами, дунейпсо рейтингым япэ дыдэу зэрыщытми щхьэкIэ къамыгъанэу, ар ирагъэкIуэтэкIри, Олимп джэгухэм нэгъуэщI ягъэкIуащ. Ардыдэр абы щыгъуэм къыщыщIащ Мудрэн Беслъэни. АдэкIэ хьэлэматыгъэшхуэ спортым хэлъыжтэкъым. Пэжщ, ар иджыри зэхьэзэхуэ зыбжанэм щытекIуащ, «Тажышхуэ», Гран-При зэпеуэхэри хэту, ауэ нэхъ щIалэIуэхэр иджы япэ игъэщын хуейт. Алэрыбгъум къикIыжами, Джэданэ зэкъуэшхэм дзюдор IэщIыб ящIакъым. Илъэсищ ипэкIэ Дзюдоистхэр щагъэхьэзыр центр Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым абыхэм къыщызэIуахащ. Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и тренер Джэданэ Залымрэ абы и къуэш нэхъыщIэ Алимрэ педагогикэ щIэныгъэхэм я кандидатщ икIи щIэблэр гъащIэми спортми хуагъасэ. Абыхэм я деж ныбжьыщIэ цIыкIухэр пщэдджыжьми пщыхьэщхьэми куэду йокIуалIэ. Зэкъуэш цIэрыIуэхэм абыхэм лIы нэс къыхащIыкI икIи дзюдомкIэ екIуэкIыну зэхьэзэхуэхэм хуагъэхьэзыр. Шэч хэлъкъым къэралми дунейми я чемпионхэр нобэрей бэнакIуэ ныбжьыщIэхэм къазэрыхэкIынум. Мыбы къекIуалIэхэм куэду яхэтщ Нартан къуажэм дэт сабий интернатым щIэсхэри. Ахэр нэхъ Iэчлъэчу икIи бэшэчу тренерхэм къащохъу, я гугъэфIхэри ирапх. Джэданэ зэкъуэшхэм я гъэсапIэм къэкIуэну дахэ зэриIэм шэч хэлъкъым. Абы къыщызэрагъэпэщыну я мурадщ ДзюдомкIэ олимп зыхуэгъэхьэзырыныгъэм и центр. А гупсысэр университетми республикэми я унафэщIхэм къыдаIыгъащ. УнагъуэкIи насыпыфIэ хъуащ Джэданэхэ Залымрэ Алимрэ. Абыхэм бын узыншэ икIи щэныфIэ къащIохъуэ, я адэхэм яхуэфащэу, я пщIэр нэхъри яIэту. Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и тренер, дунейпсо классымкIэ спортым и мастер Джэданэ Залым. Европэм и чемпион, «Тажышхуэ», Гран-При зэпеуэхэм щытекIуа Джэданэ Алим. Къэралым и Президент Путин Владимир щахьэщIам. И хьэрхуэрэгъур хегъащIэ. Джэданэ зэкъуэшхэр Мейкъуапэ щыIэу. Я гъэсэнхэм ядэщIыгъуу. ЖЫЛАСЭ Заурбэч.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "405.txt" }
МЭРЕМ ПШЫХЬХЭР Фэ фщIэрэ? Сократ и псэлъафэхэр Сократ (ди эрэм и пэкIэ 469-399 гъгъ.) Афинхэм щыщ алыдж философ цIэрыIуэщ. Абы и цIэр зыгъэIуар философием къыщигъэхъуа зэхъуэкIыныгъэрщ – дунеймрэ щIыуэпсымрэ къыпыкIри, цIыхум и хьэлым и зэхэлъыкIэмрэ щыIэкIэ-псэукIэмрэ зэгъэщIэным иужь ихьащ. Сократ философхэр хуиунэтIащ цIыхум и мыхьэнэр къэхутэным. Сократ и адэ Софроникс скульпторт, и анэ Фенарет фызгъалъхуэт. И анэ къилъхуауэ зы къуэш иIащ философым - Патрокл. Сократ Афинхэм я жылагъуэ гъащIэм жыджэру хэлэжьыхьащ, ар хэтащ Пелопоннесскэ зауэми. Афин политик, дзэзешэ хахуэ Алкивиадэ и егъэджакIуэу, и ныбжьэгъу нэхъыжьу щытащ ар. Сократ и гупсысэхэр, и псэлъафэхэр ди деж къэзыхьэсар и гъэсэнхэу Платонрэ Ксенофонтрэ я лэжьыгъэхэрщ, мащIэ дыдэу къыхощ Платон и гъэсэн Аристотель и IэдакъэщIэкIхэми. * * * Зыгуэрым Сократ зыхуигъэзат щхьэгъусэ къи­шэн-къимышэным теухуа чэнджэщ къыIихыну. Сократ жиIащ: - Узыхуей дыдэр щIэ, тIум щыгъуэми ущIегъуэжынущ. * * * Сократ жиIэу щытащ езыр псэун щхьэкIэ шхэуэ, адрейхэр щIэпсэур шхэн щхьэкIэу. * * * Сократ и хьэкум ящIэну щыщIашэм, и зы ныбжьэгъу къеупщIащ: «Мы Iуэхум уи щхьэр къыхэпхын папщIэ жыпIэнухэр бгъэхьэзыра?» Сократ жэуап итащ: «Си гъащIэ псор зытеухуауэ щытар аракъэ?» * * * Сократ Тхьэм зыщыхуигъазэм и деж фIы къыхуищIэну щIэлъэIуу арат: а фIым хыхьэхэр езым нэхъыфIу ещIэ. * * * Философыр фIыуэ зылъагъу, псэ хьэлэлкIэ бгъэдэт и ныбжьэгъу Аполлодор Сократ жриIащ: «Хуабжьу гуауэ сщохъу къыумылэжьауэ щхьэпылъэ уащIыну унафэ зэращIар». ЗэрыжаIэжымкIэ, Сократ абы и щхьэфэм Iэ дилъэри, жэуапу иритыжат: «Къэзлэжьауэ щхьэпылъэ сащIамэ, нэхъ тыншу бгъэвынут?» * * * Сократ бэзэрым кIуэуэ телъхэм еплъа нэужь куэдрэ жиIэрейт: «Сыту хьэпшып куэдыщэ щыIэ, ахэр уимыIэми упсэуфыну!». * * * «ФIыуэ сщIэр – зыри зэрызмыщIэрщ!» - жиIэрт Сократ. Шыпш Даянэ. Прозэу тха усэ Уафэм Уафэр вагъуалъэ куэщIщ… Вагъуэ быныр унагъуэщ. Къалэм жей IэфI щызыхъумэр ахэрауэ си гугъэщ… Жэщым сыщIыхуэпIащIэр вагъуэхэм я напэлъагъущ… ПщIыхькъым сызыщышынэр, жейм сэ зыщыпыIуздзкIэ. Вагъуэхэр щызэдэлыдкIэ сакIэлъыплъыну сопIащIэ. Вагъуэхэм уэри епсалъэ… зыми жумыIэ щэхухэм гуапэу тIэкIу щIэгъэдэIу… Ахэр щIэлыдыр сощIэ - гухэлъ щэхуу зэхахым я нур зыщIашауэ аращ… Фагъуэ умыщI жэщ плъырхэр, гукIэ ядэуэршэр… ЩIым ущаIуэтэжынукъым. ПсэкIэ зыхэпщIэ псори уафэм щыпхуахъумэнущ… Уафэм! Уафэм гухэлъ ипхъащ… Гухэр щынасыпыфIэр уэгум зыщыхуагъазэрщ, вагъуэхэм зыщыпащIэрщ… ЩIылъэм гукъанэ иIэщ… Абы куэдыIуэ щабзыщI… Щымщ, си хъуэпсапIэр щымщ… Уафэм и макъ щеутIыпщри, вагъуэхэм яподжэж, гъащIэм хуэарэзыуэ. ЩIылъэм къосыжри… нэпс шыугъэм ар елъэсыж…ИIэкъым гукъыдэжи. ЩыIэкъым джэрпэджэжи… Зыри къэджэжкъым… ищIэжкъым. Езыри щыIэжкъым. Жейм игъэщыма къалэм хуэму и напIэр еIэт… Вагъуэхэр мэбзэхыж… Уэри уи щэхур гъэпщкIуж… Гугъуэт Заремэ. Мелардырыбжэхэр Ахъшэмрэ унагъуэмрэ Дуней псом щынэхъ къулей Слим Элу Карлос теухуа хъыбарыр гъэщIэгъуэн зыщIыр абы и мылъкур и лэжьыгъэкIэ, щIэныгъэкIэ, гуащIэдэкIкIэ, текIуэныгъэм зэрыхуэпабгъэмкIэ къызэрилэжьыжарщ. Слим Элу Карлос 1940 гъэм щIышылэм и 28-м Мехикэ къыщалъхуащ. Унагъуэм ар я сабий еплIанэт. Къыхэгъэщыпхъэщ абы и адэр хьэрычэтыщIэ зэчиифIэу зэрыщытар. Ар Ливаным къикIыу Мехикэ къэIэпхъуэжа нэужь, хьэрычэтыщIэ Iуэху цIыкIу къызэIуихащ. ИкIи илъэсипщIым къриубыдэу и Iуэхур фейдэшхуэ къыхуихьу зэрызэтриублам нэмыщI, Мехикэ и кум бгъэIэпхъуэ мыхъу коммерцэ мылъку 11 къыщищэхуащ. Унагъуэшхуэм я адэ бжьыфIэ, хьэрычэтыщIэ цIэрыIуэ Слим Дон Хулио къыщIэхъуа щIэблэр хуи­гъэсащ лэжьэнымрэ мылъку зэхуэхьэсынымрэ. Ауэ ягуригъэIуащ гъащIэм щынэхъыщхьэ дыдэр унагъуэм илъ зэхущытыкIэр зэрыарар. Слим Элу Карлос псэукIэр егъэфIэкIуэным пасэ дыдэу хуигъэсащ и адэм. Хулио и бынхэр иджыри цIыкIуу тетрадь зырыз яхуигуэшри, къахэхъуэмрэ ягъэкIуэдымрэ ирыригъатхэу хуежьащ. ИужькIэ зэадэзэкъуэхэр зэгъусэу хэплъэжырти, къапщытэжырт. Апхуэдэ дерс къызэрыгуэкIым щIалэхэр хуигъэIущащ мылъку щIыкIэм. А илъэсхэм щыщIэдзауэ ахъшэ хъумэнымрэ ар зы Iуэху гуэрым хэлъхьэнымрэ и гъащIэм щыщ Iыхьэу къекIуэкIащ Карлос. И ныбжьыр илъэс 12 щрикъум акцэхэр къызэрищэху счет къызэIуихат абы. Илъэс 13 щыхъум и адэр дунейм ехыжащ. ЩIалэм Мехикэ дэт Лъэпкъ автоном университетыр 1961 гъэм къиухащ, инженер IэщIагъэр зригъэгъуэтри. И ныбжьыр илъэс 25-рэ ирикъуауэ Grupo Carso и империер ухуэн щIидзащ. Зи гугъу тщIы хьэрычэтыщIэм и дежкIэ зэман угъурлыуэ щытащ блэкIа лIэщIыгъуэм и 80 гъэхэр. 1966-1980 гъэхэм абы компание зыбжанэ къызэIуихауэ, IуэхущIапIэ лъэщ зыкъоми къищэхуауэ хьэрычэтыщIэ цIэрыIуэт. 1982 гъэм Мексикэм кризисышхуэ щызэщIэплъащ икIи хьэрычэтыщIэхэм я мылъкухэр псынщIэу ящэурэ къэралым икIащ. Акцэхэр улъэщIэмыхьэу пуд хъурт. Ар къигъэсэбэпри, Карлос къищэхуу щIидзащ уасэншэ хъуа компаниехэр. Мис аращ ар къулей дыдэ зыщIар – Карлос дежкIэ кризисыр апхуэдэу шынагъуэтэкъым. 1990 гъэхэм Слим фейдэшхуэ зыпылъ зэгурыIуэныгъэм Iэ щIедзри, Telmex (Telefonos de Mexico) телекоммуникацэ компание ехьэжьар зыIэрегъэхьэ. Дауэ жыпIэмэ, доллар мелард 12 зи уасэ а компаниер Карлос мелуан 400-кIэ къищэхуауэ щытащ. Куэд тепсэлъыхьащ а Iуэхум, къулыкъущIэхэри иужь ихьащ къэхъуар зищIысыр зэхагъэкIыну, къэралым и президентым дежи нэсащ. Ауэ зыри къикIакъым. ХьэрычэтыщIэ Iуэхур дэбгъэкIынымкIэ сэбэпышхуэщ къулыкъу лъагэ зыIыгъхэр уи ныбжьэгъуныр. Апхуэдэ мылъкушхуэ зыкъуэлъ Слим Карлос Мексикэр «къезэвэкIыу» хуожьэ. Ар тыншу хозагъэ дунейпсо рынокым. Grupo Carso компаниер латиноамерикан къэрал псоми къыщацIыху. Абы активхэр къыщещэху Бразилием, Перум, Гондурасым, Аргентинэм, Колумбием, Сальвадорым… Слим Карло и Iуэхухэм къадэкIуэу, гулъытэшхуэ хуищIырт и унагъуэмрэ бын гъэсэнымрэ. Абы и щхьэгъусэр 1999 гъэм дунейм ехыжащ, езым сабиих къыхуэнэри. Нэхъыжь дыдэращ иджыпсту Grupo Carso и унафэщIхэм я советым и Iэтащхьэр. Адрей Марко, Антонио, Патрик сыми адэм и Iуэхум пэрытщ. Куэд хилъхьащ Карлос унагъуэ дахэ иIэным икIи ахъшэракъым абыхэм ягъэнэхъыщхьэр. ПщIэрэ лъагъуныгъэрэ я зэхуаку дэлъыным абы хуигъэIущащ и сабийхэр. Ар зэи и мылъкум щысхьакъым псапэ щIэнымкIэ. Уеблэмэ зэман гъунэгъум Латин Америкэм и зыужьыныгъэм щIэгъэкъуэн лъэщ хуэхъуфынущ. Мелардырыбжэм ахъшэшхуэ трегъэкIуадэ егъэджэныгъэмрэ нэгъуэщI жылагъуэ Iуэхухэмрэ. Ар и щапхъэщ ахъшэм имытхьэкъуа цIыху къулейхэм мурадышхуэхэр зэрызыхуагъэувыжыфым. Апхуэдэ къалэн уи пщэм дэплъхьэжыныр зэранкъым, мылъкум цIыхугъэр пфIимыгъэкIуэдын, лъэужьыфI къэбгъэнэн папщIэ. Къэбарт Мирэ. ЦIыкIухэм папщIэ ЩIыпыч ЩIалэ цIыкIуи хъыджэбз цIыкIуи мэджэгу, зэхэтуи щхьэхуэ-щхьэхуэуи. Лъэбакъуищ-плIы я зэхуакуу башитI хатIэ е мывэ ягъэтIылъ, тур тращIэу. Абы я зэхуэдитIыпсыр гъунапкъэу иратхъэ. Иджы къыщIэзыдзэнур пхъэидзэкIэ зэхагъэкI. Зи пхъэ къикIар техьэу аращи, ар гъунапкъэ иратхъам и лъапэхэр нэмысыпэу мэуври, лъакъуэ зэбгъурыткIэ малъэ. Абы и лъэдакъэр зытеувам и лъапэр къэс къудейуэ адрейр къоуври, къолъэж. Апхуэдэххэурэ хэт япэ и ныкъуэкъуэгъум и турым нэсми, токIуэ. ЩIыпыч гупитI защIауи мэджэгу. Мыбы щыгъуэ гупхэм хэтхэр тхьэмадэхэм я унафэкIэ лъэуэ аращ. ЛъэкIэм и IуэхукIи джэгухэр зэрызэгурыIуэщ: лъакъуэ зэбгъурыткIэ, хьэмэрэ лъакъуэпцIэрыхьу. МафIэдз Сэрэбий. Тхыдэм уриплъэжмэ Япэ метро Фишер Бобби илъэс 13 фIэкIа мыхъуауэ 1957 гъэм шахматхэмкIэ чемпион щыхъуауэ щытащ США-м. XX лIэщIыгъуэм къыхэна шахматист нэхъ ехьэжьахэм ящыщщ ар. Фишер шахмат джэгунымкIэ зэчиишхуэ зэрыбгъэдэлъыр пасэ дыдэу наIуэ хъуат. И ныбжьыр илъэс 13-м иту юниорхэм я зэхьэзэхуэм щытекIуащ, иужькIэ 1957 гъэм США-м и чемпион нэхъ щIалэ дыдэ хъуащ. Аргуэру зы илъэс дэкIа нэужь, шахматым и тхыдэм хэта гроссмейстер нэхъ щIалэу къалъытащ. * * * Мексикэм и ипщэ лъэныкъуэм Монте-Альбан археологие заповедник зэхэщэщэжам XIII лIэщIыгъуэм щыщ гъэтIылъыгъэ гуэрхэр къыщагъуэтауэ щытащ 1932 гъэм. Колумб ипэкIэ щыIа Америкэм и зы къалэ нэхъ ин дыдэ илъэс минитIым нэблагъэкIэ щытащ а заповедникым деж. * * * 1863 гъэм дуней псом щыяпэу Лондон метро ­гъуэгу къыщызэIуахауэ щытащ. * * * Дунейм и щытыкIэнур къэзыхутэ IэнатIэр Урысейм къыщызэрагъэпэщащ 1872 гъэм. ЩIышылэм и 13-м Санкт-Петербург дэт геофизическэ обсерваторэм дунейм и щытыкIэнур зэрыт бюллетень махуэ къэс къыщыдагъэкIыу щIадзащ. Дохъушокъуэ Синэ. ГъэщIэгъуэнщ ЦIыху зэчиифIэхэр дэзыхьэхыр Тургенев Иван щакIуэ кIуэным и закъуэтэкъым фIэфIыр, атIэ псы есынкIи Iэзэт. Толстой Лев спортым и лIэужьыгъуэ куэдым дихьэхырт, ауэ гимнастикэр зыпищI щыIэтэкъым. Ар илъэс 60 щрикъум махуи 6-м и кIуэцIкIэ километр 200 лъэсу икIуат (Москва икIри, Тулэ кIуащ). ЛыжэкIэ къэжыхьынми апхуэдизкIэ хуэIэзэт тхакIуэри, илъэс 70-м щынэблэгъами зи щIалэгъуэхэм япеуэфырт икIи ятекIуэрт. Куприн Александр фIэфIыр псы есынымрэ Iэпщэрыбанэмрэт. Горький Максим спортым пищI щыIэтэкъыми, абы и лIэужьыгъуэ куэдым зыхуигъэсат. Псы есынкIэ Iэзэт, лыжэкIэ къикIухьырт, лъэрыжэкIэ къижыхьырт. Гимнастикэр я Iэпэгъуу щытащ Чехов Антон, Гиляровский Владимир, Левитан Давид сымэ. Ахэращ Москва япэ дыдэ къыщызэрагъэпэща гимнастикэ зэгухьэныгъэм жэрдэмщIакIуэ хуэхъуари. Джэгурэ пэт… Франджы политик цIэрыIуэ Констан Бенжамен и сабиигъуэм еджэныр фIэфIу щытакъым, и ныбжьэгъу цIыкIухэм егугъуныгъэкIи къахэщыртэкъым. Зэгуэрым абы и егъэджакIуэм къыжреIэ а тIум фIэкIа зыми ямыщIэ бзэ щэху зрагъэщIэну зэрыфIэигъуэр. Бенжамен гуфIэжу арэзы дэхъуащ и егъэджакIуэм икIи хьэрфхэр зригъащIэу щIидзащ. ИтIанэ псалъэхэр, иужькIэ тхыбзэм и мардэхэр… Апхуэдэ щIыкIэкIэ, зэман мащIэм къриубыдэу Бенжамен бзэщIэр зригъэщIащ, езым фIэкIа нэгъуэщIым игъэшэрыуэну и пщIыхьэпIи къыхэмыхуэу. … Абы телъыджэ щыхъуат егъэджакIуэм иригъэщIа бзэ щэхур алыджыбзэр арауэ къыщыщIэкIам. Крылов и жэуап Урыс тхакIуэ цIэрыIуэ Крылов Иван зэгуэр еупщIат, басня телъыджэхэр зи IэдакъэщIэкI тхакIуэм нэхъыбэ щIимытхым и щхьэусыгъуэмкIэ. - Сэ къызэрыслъытэмкIэ, - къитащ жэуап Крыловым, - мащIэ щIэстхым и щхьэусыгъуэмкIэ къызэупщIмэ нэхъыфIщ, зыгуэр щIэстхыххэм и щхьэусыгъуэмкIэ сыхагъэзыхь нэхърэ. УсакIуэмрэ пащтыхьымрэ Франджы пащтыхь Людовик XIV гъащIэм, модэм зыкIи зыкъыкIэригъэхун фIэфIтэкъым. Апхуэдэу абы зэгуэрым усэ итхыу щIидзащ. И IэдакъэщIэкIхэм хэплъэжыну дзыхь зыхуищIыр усакIуэ Буало и закъуэт. Пащтыхьым итхагъащIэ усэм къеджа нэужь, Буало жиIащ: «Зи щIыхьыр ин, уэ пхузэфIэмыкI гуэри щыIэу къыщIэкIынкъым. Псалъэм папщIэ, нобэ усэ мыхъумыщIэ птхыну уигу къихьати, телъыджэу къохъулIащ». Къэбарт Мирэ. ГушыIэхэр ТхьэмахуитI дэкIмэ Сымаджэ хъуа щIалэр дохутырым деж мэпсалъэ. - Дохутырым деж сыныщыкIуэну зэманымрэ махуэмрэ къэсщIэну арат. - ТхьэмахуитI дэкIмэ къэпсалъи, устхынщ. - Сэ сысымаджэщ, апщIондэху сылIэнкIи хъунущ. - Ягъэ кIынкъым, уи щхьэгъусэр къэгъэпсалъи, узэрыхуэмеижыр къыджегъэIи зэфIэкIащ. Пщыгъыу укъэкIуащ ЩитIагъэ щыгъынхэм екIун пыIэ дахи къыхэзыхын зыфIэфI бзылъхугъэр тыкуэным щIыхьащ. Зыр щитIагъэмэ гъуджэм иплъэурэ, тIощI хуэдиз зэрихъуэ­кIа нэужь: - Мис мыр нэхъ сигу ирихьащи, дапщэ и уасэр? - Зыри, ар пщыгъыу укъэкIуащ, - ет жэуап тыкуэнтетым. Си Iуэху хэлъкъым Таможнэм къыщекIуэкI псалъэмакъ: ЛэжьакIуэм: - Уи шумэданэр зэтех. ЩIалэм: - Сэ шумэданэ сIыгъкъым. ЛэжьакIуэм: - Сэ абы си Iуэху хэлъкъым, мыбы къыщекIуэкI хабзэр псом я дежкIи зыщ. НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар НэщIэпыджэ Замирэщ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "407.txt" }
ХамэщІым щыужьыха вагъуэ Шыгъэлыгъуэ (Окай) Мерал Щикъухьащ адыгэр дунеижьым Шыгъэлыгъуэ Мерал 1959 гъэм фокIадэм и 20-м Тыркум - Анкара къалэм - къыщалъхуащ. Тыркудзэм и полковникыу тIысыжа и адэ Шыгъэлыгъуэ Iэта дызэрыт зэманым фирмэ гуэрхэм я чэнджэщэгъуу мэлажьэ, Хасэ федерацэм и тхьэмадэщ. Мерал и анэ Думэнхэ япхъу Тюркан унэгуащэу щытащ, куэд щІауэ псэужкъым. Iэта дзэм хэт пэтми, адыгагъэр зэи зыщигъэгъупщакъым, я бынитIми - Мэжидрэ Мералрэ - я анэдэлъхубзэр ирагъэ­щIэфащ зэщхьэгъу­сэ­хэм. Мерал пэщIэдзэ, курыт еджапIэхэри лицейри Анкара къыщиухащ. ИтIанэ университет щIэмытIысхьэу, илъэситхукIэ мэш-гъавэ Iуэхухэр зезыхьэ къэрал лэжьапIэм къулыкъущIэу щыIащ. Зэман дэкIри, артисткэ, усакIуэ икIи сценарист телъыджэ къыхэкIащ. 1970 - 1980 илъэсхэр, Ев­ропэ къэралхэм хуэдэу, Тырку­ жылагъуэми ныбжьы­щІэхэми я «къэушыгъуэ» лъэхъэнэт. Мерали абыхэм яхэту, Анкара Кавказ Хасэм къакIуэрт. Театрым хуэкIуэу япэ лъэбакъуэхэр щичар ди Анкара Хасэрауэ жытIэмэ, дыщыуэнукъым. 1970 илъэсхэм къыщы­щIэдзауэ Анкара Кавказ Хасэм теплъэгъуэ мыинхэр щагъэзащІэу гуп цIыкIу щыдиIэти, ар санэуш зыхэлъ дэтхэнэ зы ныбжьыщIэми и япэ еджапIэ хуэдэт. «Ныбжьэгъу» зыфIэзыщыжа а театр гупым мазэ къэс едгъэкIуэкI «Жэщ зэхэсхэм» дакъикъэ 20-кIэ е сыхьэт ныкъуэ хуэдизкIэ екIуэкI теплъэгъуэхэр щагъэзащIэрт. Театрым хуеджа е щылэжьа зэрахэмыту, абыхэм ягъэзащIэ спектакль кIэщIхэр езыхэм ятхыжырт, ягъэувыжырт икIи ягъэзэщIэжырт. Япэ илъэсхэм пэш диIэтэкъым, «Малтепэ джэгу щIы­пIэ залым» дыгуры­Iуауэ, мазэ къэсыху абы щедгъэ­кIуэкIырти, а зэхуэс­хэм псори «Малтепэ жэщкIэ» еджэ­хэрт. Нобэр къыздэсым гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэ мазэ зытIущыр хэмыту, Анкара Черкес Хасэм а зэхэсхэр мазэ къэс щокIуэкI: хабзэм тету, джэгу, къафэ дахэ щащIу, гушыIэ дахэ яхэлъу. 1976 гъэм и бжьыхьэм сэ Анкара щылажьэ хасэм и тхьэмадэу сыхахат. Абы хэту театрым и Iуэхури нэхъ ди фIэщу къэтIэтащ. Театрым сыщыджэгуарэт жызыIэ псори хэту, «Ныбжьэгъу» театр гупыр зэхуэтшэсри захуэдгъэзащ: «А теплъэгъуэ цIыкIухэр хъарзынэщ, щIалэгъуалэр абы йотхъэкIыр, ауэ абы дыкъыщымыувыIэу, илъэс къэс зы спектаклышхуэ дымыгъэувыфыну пIэрэ?» - жытIэри. Комиссэм и лэжьыгъэм и фIыгъэкIэ тхузэфIэкIырт ди щIалэгъуалэр театр спектаклыфIхэм едгъэплъыну, ахэр къазэрыщыхъуам тед­гъэ­п­сэлъыхьыжурэ цIыху­хэм театр щIэнхабзэ ябгъэ­дэлъ ­хъунымкIэ гъуазэ дахуэхъуну, езыхэм скетчхэр, пье­сэхэр ятхыфу загъэсэну, утыкум щыджэгуфыну щытхэм яхэлъ санэушым зедгъэужьыну. Дауи, дыщIэ­хъуэпсырт абы дыкъы­щы­мыувыIэу театр спектак­лышхуэхэр дгъэувыну, абы­­кIэ ди цIыхухэр лъэпкъ Iуэхум къыхуэдгъэушыну, ды­зыхэсхэми адыгэр зищIы­сыр, зыхуэдэр едгъэщIэну. Акъсырэ Залымхъан и «ИстамбылакIуэр» тыркубзэкІэ дгъэувыну дытегуш­хуащ япэу. Шыгъэлыгъуэ Мерал, Таймэз Мурат, Бэ­р­зэдж Ведат, Махуэуд Хъейри, Мыщэ Мэхьмуд, Биданокъуэхэ япхъу Муршидэ, Нагуэ Эрджан, итIанэ Бгъуа­щэхэ япхъу Севил хуэдэ ди къуэш-ди шыпхъухэр абы зэрыхэтам профессионал къуигъэлъыхъуэнутэкъым, апхуэдизкIэ Iэзэу джэгуа­хэти. Дэнэ щIыпIэ щыдмыгъэлъэгъуами, нэпс щIэзы­мыгъэкIа абы еплъакъым жыпIэ хъунут. Ауэ абы зы гъэщIэгъуэн къыщыхъуащ. Мерал и адэ Шыгъэлыгъуэ Iэта, спектаклыр Анкара щыщыдгъэлъэгъуа япэ жэщитIми щыIащ, зы лъэны­къуэкIи и нэпсхэр игъэпщкIуну хэту, зы лъэныкъуэкIи щэхуу къытхузэгуэпу. Къы­щIытхузэгуэпыр ди щхьэм кърикIуа лъэпкъгъэкIуэдым, ИстамбылакIуэм, ефэнды­хэмрэ пщы-уэркъхэмрэ я ягъэ хэлъу а спектаклым къызэрыщыгъэлъэгъуар арат, ахэр тIэкIу зэриубырт, тIэкIу зэрахущIитхъуэрт. Анкара къыщыдгъэлъэ­гъуа нэужь, театрыр Истамбыл, итIанэ Самсун икIи нэгъуэщI къалэхэм тшэну дызэгурыIуат. Псом япэр Истамбылт. Абы цІыхушхуэ зэуэ щIэхуэу театр унэ куэд щыІэтэкъым а лъэхъэнэм икІи я бэджэнд уасэр лъапІэт. Апхуэдэу щытми, Истамбыл Хасэм бэджэнду зал къищтат, и уасэм и ныкъуэр ипшынат, билетхэр трыригъэдзауэ ищэрт, спектакл­ыр ягъэлъэгъуэным махуэ 22-рэ фIэкIа къэнэжатэкъым. Шыгъэлыгъуэ Iэта къытхузэгуэпри, и пхъур театр гупым хишыжащ. Псори дызэры­щыгъуазэщи, теат­рыр гуп лэжьыгъэщ, профессионалу щымытмэ, дэтхэнэ зы актёрым, актрисэм и пIэ ибгъэувэну нэгъуэщI артист псынщIэу пхуэгъэсэнукъым. Псом хуэмыдэу роль нэхъыщхьэр зыгъэзащIэр хэкIыжу щытмэ, а спектаклыр адэкIэ къыумыгъэ­лъэгъуэжыфыну зэхэ­лъэ­­лъэ­жауэ аращ. Сыт ды­мы­щIами, хэт едмыгъэлъэIуа­ми, Шыгъэ­лыгъуэ Iэта зэ «хьэуэ» жиIати, къигъэзэжакъым. Езы Мерали, сыт хуэдизу зимыгъэреволюционерми, и адэм пэувыну, абы имыдэу театрым хэтыну ­хуейтэкъым. АпхуэдизкIэ гузэвэгъуэ ды­хэхуати, тщIэнур дымыщIэжу дыкъэнат. Мерал роль нэхъыщхьэр фIы дыдэу зэригъэзащIэм къыщы­мы­нэу, Истамбыла­кIуэ гъыбзэри адыгэбзэкIэ щыжиIэрт спектаклым. Абы и пIэ ­ибгъэувэн пщащэ къэ­гъуэ­тыгъуейт. Сыту жыпIэ­мэ, ролыр Мерал нэхърэ мынэхъыкIэу игъэзэщIэн ­хуейт: адыгэбзэ ищIэу, уэрэди жиIэфу. Дауи, апхуэдэ пщащэ гъуэтыгъуафIэтэкъым. КъищынэмыщIауэ, махуэ 22-рэ фIэкIаи диIэжтэкъым. Дэрбзэрхэм я еджапIэ нэхъы­щхьэм щеджэ ­Бгъуащэ Севил, дызыхэт гузэвэгъуэр, хэкIыпIэ зэрыдмыгъуэтыр къилъагъущ, ину игу къыт­щIэгъури, «а ролыр сэ згъэзэщIэнщ» жиIащ. Апхуэдэ санэуш хэлъуи тщІэххэртэкъым. И еджапIэр къигъа­нэщ, жэщ-махуэ имыIэу елэжьри, роль нэхъыщхьэр зригъэщIащ икIи Мерал ­нэхърэ мынэхъыкIэу игъэ­зэщIащ. Апхуэдэу ди напэр темыкIыу, хасэхэр дызэ­фIэ­мыкIуэду дыкъригъэлащ икIи а спектакль­ ­хъарзынэр ди цIыху куэдым едгъэлъагъуну Iэмал къытхуихьащ. Бгъуащэ Севил си нысэ дыдэм и шыпхъущ икIи си анэш щІалэм и щхьэгъу­сэщи, езыри си нысэщ. Ахэр Хэкужьым куэд щIауэ къэ­Iэпхъуэжауэ Мейкъуапэ щопсэу зыпхъурэ - Гущэху, зы щIалэрэ - Гущауэ япIауэ, пхъурылъхуитIи яIэжу. Я ­пхъурылъху-къуэрылъхухэр насыпыфIэ хъуауэ, абыхэм я хъугъуэфIыгъуэхэм хэтыну, Тхьэм куэдрэ узыншэу тхуигъэпсэуну сахуолъаІуэ. Шыгъэлыгъуэ Мерал и ­гъащIэм зыхуэдгъэзэжынщи, ди театр гупым хэкІыжу гузэвэгъуэ дызэрихидзэ­гъам къыхэкІкІэ хасэм хэтхэм и нэхъыбапІэм я гур хуэупщIыIуати, къытхэмы­хьэж хъуащ. Тыркум теты­гъуэр дзэм щыщиубыда лъэхъэнэхэм (1980) хуэзэу гуа­щIэрыпсэухэм я партым хыхьащ икIи профсоюзым и лIыкIуэ къалэн лэжьапIэм щигъэзащIэу уващ. А лъэхъэнэм зызыгъэреволюционеру щытахэм я нэгум щIэкIахэр къыщагъэлъэгъуэжащ езыри хэту 2006 гъэм траха «Бейнэлмилэл» жыхуиIэ кино­фильмым. Езыр а фильмым и къызэгъэпэщакIуэт икIи ­роль мыцIыкIу гуэри щи­гъэзащIэу щыджэгуат. Партым зэрыхэтым, АСТ театр унэм кIуэ-къэкIуэжу зэрыщытам къыхэкIыу ныбжьэгъу зыхуэхъуа театр актёр гъуэзэджэ Окай Яманрэ Мералрэ ямыщIэххэу зэгуа­кIуэри, 1984 гъэм унагъуэ зэдащIат. Ауэ илъэсибгъу фIэкIа зэдэмыпсэуауэ, быни ямыгъуэтауэ 1993 гъэм и щхьэгъусэ Окай Яман уз Iей къеуалIэри дунейм ехыжащ, езыри илъэс 34-рэ фIэкIа мыхъуауэ фызабэу къэнащ. И щхьэгъусэм апхуэдизкIэ лъагъуныгъэшхуэ хуищIати, лІы дэкIуэжыну зэи игу къигъэкIакъым, Истамбыл Iэпхъуэжри газет, журнал гуэрхэм щылажьэу щIидзащ. ­Игъуэ нэмысу дунейм ехыжа и щхьэгъусэм и ныбжьэ­гъухэм езыр зэи и закъуэу къагъэнакъым - къыкIэ­лъыплъащ, зыхашащ, къы­дэIэпыкъуащ, гъуазэ къы­хуэхъуахэщ... Псом хуэмы­дэу тырку уэрэджыIакIуэ икIи уэрэдус цIэрыIуэ Аксу Сезен ныбжьэгъу пэжу къыхущытащ Мерал. А тIум уэрэд-усэхэр зэдатхащ, Iуэху хъарзынэхэр зэдащIащ, ауэ мис а Анкара Кавказ Хасэм и «Ныбжьэгъу» театр гупым зэрыхэтам, ИстамбылакIуэм зэрыщыджэгуам и фIыгъэ хэлъу къыщIэкIынти, аргуэру театрым, кином, сериалхэм захуигъэзэжащ. ЦІыхум санэуш хэлърэ ­гъуазджэм и зы кІапэ иубыдауэ щытмэ, ар нэгъуэщІ ­гъуазджэ къудамэхэми зэрыхэфІыхьыр Мерал и ­гъащІэм ІупщІу къегъэлъагъуэ. Мерал ди Анкара Кавказ Хасэм и театр гупым хэту сценэм техьамэ, ар лъигъэкІуэтащ, иужькIэ кинофильмхэм, сериалхэм артисткэу щыджэгуащ, усэ ­хъарзынэхэри иусащ, кинофильм, сериал цІэрыІуэхэм я сценариехэр итхащ. Мерал 1992 гъэм «ФIыуэ узолъагъу, Розэ» жыхуиIэ кинофильмым зы роль цIыкIу къыщратри, абыкIэ кино дунейм хэбэкъуа ­хъуащ. «Пропаганда» жы­хуиIэ кинофильмыр прессэм и гъуэгукIэ цIыхубэм яхигъэIуащ. «Санэ жыг зыдэт уардэунэ пщIантIэ» («Асмалы конак») жыхуиIэ сериалым (2002) и сценарийр итхащ, «ЕтIуа­нэрей гъатхэ» (1998), «Бжьэпиблу Истамбыл», «Ар иджы дзэлIщ» (2002) жыхуиIэ сериалхэм щыджэгури, цIэ­рыIуэ хъууэ щIидзащ. «Зы пшэ Іэрамэу сы­щы­тарэт» (2009) жыхуиIэ сериалым и сценарийри итхащ икIи абы щыджэгуащ. Нэ­гъуэщI кинофильм зы-тIуми щыджэгуащ, зыбжанэми я сценарийхэр итхащ. «ЛIэ­щIыгъуэ телъыджэ» жыхуиIэ сериал гъуэзэджэм и сценарийр зытхари аращ. А и лэжьыгъэхэм папщIэ гъуазджэ саугъэтхэри къыхуа­гъэфэщащ. Шыгъэлыгъуэ Мерал ­игъуэ нэмысу фІэкІуэда и щхьэгъусэм хуищІа лъа­гъуныгъэр зэи ибзыщІакъым, жыпІэнурамэ, итхахэм ящыщ куэдыр а и лъа­гъуныгъэм хуитхауэ, абы ­хуиІэ лъагъуныгъэм ири­гъэ­тхауэ жыпІэми ущыуэнукъым. Зы махуэ гуэрым Мерал и дохутырым къыжриІащ тхьэмбыл адэуз (рак) къызэреуэлІар. Гъуэ­гын, кІиин, нэщхъеин дэнэ къэна, зыуи зыфІигъэщІакъым, «Си Яман и деж сыкІуэжыну аракъэ мыгувэу», - жиІэри ежьэжащ, зыри къэмыхъуа хуэдэу и ­гъащІэм къыпищащ. 2012 гъэм мэлы­жьыхьым и 9-нэ жэщым, нэ­хущхэм деж и псэр щитым щыгъуэ «ЛІэ­щІыгъуэ телъыджэм» и сценарийм елэжьырт, ажалыр къежьэу пІэм здыхэлъым. Абы и серие 60-р Мерал и ІэдакъэщІэкІщ, къыкІэлъы­кІуахэри абы иухуа лъабжьэм, пкъым тращІыхьауэ аращ. Абы бзылъхугъэм и гъащІэм, и дуней тетыкІам щытрагъэпсэлъыхьым жиІэгъахэм щыщ: Яман апхуэдизкІэ цІы­хуфІт, цІыху къабзэти, ухуэгубжьыфыртэкъым, уешхы­дэ­фыртэкъым, зыхуэбгъэгу­сэ­фыртэкъым. Апхуэдизуи лІыгъэ хэлът. Лунапаркым ущыпсэум ещхьт абы удэ­псэуныр. Зы лъэныкъуэмкІэ - цІуугъэнэ зэщІэпщІыпщІэ, нэгузыужь, тыгъэ зэфэзэщ; адреймкIэ - гур бгъэм къы­дэзыгъэлъэт тэлай зэкІэлъ­хьэужь гуп. * * * Артистым уригъусэным телъыджэ куэди хэлъщ, узыгъэпІейтеин мынэхъ мащIэ зэрыхэлъым хуэдэкъэпсу, бэлэрыгъыпIи зыгъэлэлапIи къуимыту. Яман и гъуджэм сыщиплъэхэм деж: «Ей, сыту сыцІыху Іей, сыту сыбзаджэ!» жысIэрейт. Зи гъу­джэ къабзэм укъизыгъэщыр бзий защІэрэ цІыху пэжу щытмэ, абы узыхущІегъэплъыжри уеузэщІ. * * * ЛъагъуныгъэкІэ зэджэр, уи щхьэр къыпфІэ­мыІуэ­хужынырщ, «уэмрэ» «сэм­рэ» щызэхыхьэ псэр мыкIуэду, «дэ» щыхъуфырщ. ЦІыхупсэм нэхъ емылыдж, нэхъ гъэІурыщІэгъуей щыІэкъым. Лъагъуныгъэм и закъуэщ ар зыхузэфІэкІыр. * * * Нобэ къытщыщІар сыту пІэрэ? Мы щІы кІапэм лъагъуныгъэр, гугъафIэр къэнауэ, гуауэмрэ гузэвэ­гъуэм­рэщ щылъапІэр. ЗэгуэкІуаитІыр зэрыгъуэтрэ зэдэфI­хэмэ, аракъым ягъэ­лъапІэр, - ахэр зэрызэрымыгъуэ­тырщ, зэпэIэщIэ зэры­хъурщ. Къытехуа дыркъуэм, уІэгъэм дэтхъэфыным хуэ­щIа щэнхабзэщ дызыщІапІы­кІар. * * * ЦIыху куэд соцIыху, зыгуэр фIыуэ ялъагъумэ, бэлэ­рыгъынкIэ шынэхэу. Лъа­гъуныгъэр узыхуэмыхьэзыр къы­щы­мыхъу Іуэхугъуэкъым. Шынагъуэ зыхэмы­лъыр гуа­пагъэрщ. Лъа­гъу­ныгъэр емылыдж защІэщ, зэи Іэсэкъым. Апхуэдэу щы­мытмэ, зэгуакІуаитІыр зэб­ла­гъэ хъужауэ аращ. * * * ЦІыхуитІ зэрызэгуакІуэр, лъагъуныгъэ зэрызэхуа­щІыр гъуэгуанэ кІыхь кърагъэкІуурэ къагъэхъу иджы­рей сериалхэм я нэхъыбэм. Ар пэжкъым. ЛъагъуныгъэкІэ зэджэр уемыжьэу, уемыгупсысу, напIэзыпIэу къохъу уафэхъуэпскІ бзийуэ. Ухуэмыхьэзырыххэу зы мывэ къыхуэзэнщ уи щхьэми, къыпщыщІар умыщІэу укъэ­нэнщ. Ар зэрылъагъуныгъэ­ри иужькІэщ къы­щы­пщІэ­нур. Зы артист гуэрым дахэу зэрыжиІауэ, «къуэкІий нэ­фым нэфу удэпкІэным ещхьщ зыгуэрым гу хуэп­щIыныр». Шыгъэлыгъуэ Мерал зыхэта кинофильмхэмрэ сериалхэмрэ: «ФІыуэ узолъагъу, Розэ» (1992), «ЕтІуанэ гъатхэ»; «Зы щІыпІи» (2001), «Шэнт щІэкъуныгъэ» (2001), «Бжьэпиблу Истамбыл» (2001), «Ар иджы дзэлІщ» (2002), «Хэгъуэгухэм я зэхуаку» (2006), Алия (2008), «Зы пшэ Іэрамэу сыщытарэт» (2009). Шыгъэлыгъуэ Мерал зи сценарий итха кино­фильмхэр, сериалхэр: «Жасмин щІыкІэу» (1997), «Санэ жыг зыдэт уардэунэ пщIантIэ» (2002), «Абрэдж» (2007), «Зы пшэ Іэрамэу сыщытарэт» (2009), «ЛІэ­щІыгъуэ телъыджэ» (2011 - 2013). Шыгъэлыгъуэ Мерал саугъэту къратахэр: Продюсерхэм я тырку кино саугъэтхэм ящыщу ­етІуанэ артисткэ нэхъыфІым папщIэ ягъэува саугъэтыр - 2002 гъэм, «Зы щІыпІи» кинофильмым папщІэ. * * * 14-нэ «Адана Дыщэ Шы­лащхьэ» фильм фестивалым и етІуанэ артисткэ нэхъы­фІым папщIэ ягъэува саугъэтыр - 2007 гъэм, «Зы щІыпІи», «Хэгъуэгухэм я зэхуаку» ­фильмхэмкІэ къыщихьащ. Шыгъэлыгъуэ Мерал зыхэтахэмрэ игъэзэщIахэмрэ: ♦«Уэлбанэ» сериалым (2006 - 2007) и координатор нэхъыщхьэу лэжьащ. ♦«Хэгъэгухэм я зэхуаку» кинофильмым (2006) и езыгъэкІуэкІ-координатору лэ­жьащ. ♦«ХытІуалэ мафІэ» (2005) - проектым и чэнджэщэгъуу лэжьащ. ♦«Истамбыл си щыхьэтщ» (2004) проектым и къызэгъэпэщакІуэу лэжьащ. ♦«Тырку Республикэм и академие» (2003) жюрим хэтащ. ♦«Пщэдеи кІасэ хъунукъым» (2000) - езым и мылъкукІэ трыригъэхащ. ♦«Пропаганда» (1999) - прессэмкІэ цІыхубэм хигъэІуащ. Шыгъэлыгъуэ Мерал и уэрэд-усыгъэу макъамэ зыщІалъхьахэр: «И цІэр епэр гъагъэщ»; «Розэ-Сэтэней»; «КІуэ, зы­Іуегъэх, си тхьэрыкъуэ»; «Ды­хей­къым зыри»; «Шы­псэ»; «Іэ пхъуантэ», нэ­гъуэщI­хэ­ри. Мерал. 2011 гъэ «ИстамбылакIуэ» спектаклым хэт гуп. Мерал сэмэгумкIэ щытщ. 1976 гъэ Шыгъэлыгъуэ Iэта Хасэм къыщопсалъэ. 2013 гъэ ХЪУАЖЬ Фахъри.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "408.txt" }
Хьэтхэмрэ адыгэхэмрэ Хама къалэм и бэзэрыр мывэ сэрейкIэ къэщIыхьащ. Абы зы мы­вэ пхъэбгъу хэлъащ. Мывэ пхъэбгъум и щIыфэм тхыпхъэщIыпхъэ хьэлэмэтхэр телъти, арагъэнт ар хьэрыпхэм тхьэм и пащхьэм къи­кIауэ къыщIалъытэр. Зыми ищIэртэкъым ар къыздикIари тхыпхъэ­щIыпхъэ тезыдзари; хами трагъа­плъэртэкъым, езы хьэрыпхэм фIэ­кIа. Европэм къикIа зыплъыхьакIуэ гуэрым, Иоганн Людвиг БуркхардкIэ зэджэм, XIX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм Сирием кIуауэ, гу лъитащ мывэ пхъэбгъум. Буркхард, дауи, и пщIыхьэпIи къыхэхуакъым Хама бэ­зэрым зыщрихьэлIа мывэ пхъэбгъур пасэрей къэралыгъуэм зэрикъутахуэр. Буркхард и ужькIэ илъэс Iэджэ дэкIауэщ Хама мывэ пхъэбгъур щIэ­ныгъэлIхэм щапэщIэхуар. Епщы­кIуб­гъуанэ лIэщIыгъуэм икухэм деж мывэ пхъэбгъум и гипс копие Британ ­музейм къыщIэхутащ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ «дунейм къыте­хьэжащ» Хетт къэралыгъуэр. Хетт къэралыгъуэр дунейм зэрытетар зэращыгъупщэжрэ илъэсищэ Iэджэ блэкIат. Зыми игу къэкIыххэртэкъым апхуэдэ къэралыгъуэ щыIауэ. Ауэ ар пасэрей КъуэкIыпIэм щынэхъ лъэщ дыдэ къэралхэм ящыщ зыуэ щытащ зэгуэр. Хетт къэралыр илъэс миниплI ипэ­кIэ зэфIэуващ, щызэфIэувар Азэ­жьейм (иджырей Тыркум) и гупсэрщ, илъэс щитху нэблагъэкIэ псэуащ. Къэралыгъуэм и къалащхьэр, ХьэтушашкIэ зэджэу щытар, иджырей ­тырку къуажэ Богъазкъуей деж щысащ (Анкъэрэ и къуэкIыпIэмкIэ, километр щитI хуэдизкIэ пэжыжьэу). Хеттхэм я къэралым жыжьэ зиубгъурт, къэблэмкIэ Сирием нэсырт, ищхъэрэкIэ тенджыз ФIыцIэм еуалIэрт. Хетт пащтыхьхэм я гъунэгъу къэралхэм иращIылIэу щыта зауэхэр щыхьэт тохъуэ абыхэм къаруушхуэ зэрабгъэдэлъам. Ди эрэм и пэкIэ 1600 гъэм хетт пащтыхь МуршылI Езанэм Ва­вилоныр иубыдыгъащ. Пасэрей Мысырым и фирхьэун нэхъ лъэщ дыдэ Рамзес ЕтIуанэр, хеттхэм зауэ къарищIылIэри къапэмылъэщауэ, икIуэ­тыжыгъащ. Рамзес хеттхэм закърип­щытыжакъым абы и ужькIэ. Апхуэдэ къару ябгъэдэлъащ хеттхэм, абыхэм я хэкур хым къызэпры­кIа лъэпкъ хъыжьэ гуэрым иубыдыху. Хым къызэпрыкIа лъэпкъым иубыда нэужь, Хетт къэралым кIэ игъуэтащ, иужькIи зыкъиIэтыжакъым. Хэт хъуну хеттхэр, дэнэ ахэр къыздикIар, я кIуэдыжыпIэ хъуари сыт? ЩIэныгъэлIхэр Iэджэрэ елIэлIащ хеттхэр Азэжьейм къыщыхъуарэ нэгъуэщI щIыпIэ къикIарэ къахуэмы­щIэу. Абы и щхьэусыгъуэ нэхъыщ­хьэ­ри хеттхэм я бзэм зыри зэрыщымы­гъуазэрт. ЕтIуанэ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм чех щIэныгъэлI Б. Грознэм, икIэм-икIэжым, къихутащ куэд щIауэ дунейм темытыж хеттыбзэр. Къызэры­щIэ­кIам­кIэ, а бзэр индоевропей бзэ­хэм ящыщт. Хеттыбзэр иужькIэ зыджа щIэныгъэлIхэри акъылэгъу ­дэ­хъуащ Грознэм. Иджы зыми шэч къытрихьэжыркъым хеттыбзэр индоевропей бзэхэм зэраблагъэм. Абы ­къикIыр гурыIуэгъуэщ: хеттыбзэр индоевро-пей бзэхэм щаблагъэкIэ, абы ирипсалъэу щытахэр, Хетт къэралы­гъуэр зыу­хуахэр, Азэжьейм къыщы­хъуакъым, атIэ нэгъуэщI щIыпIэ къикIащ. Ар пэжщ. Хеттхэр нэгъуэщI щIыпIэ къикIри (къыздикIар зыми ищIэркъым), Азэжьейм къэралыгъуэ щаухуащ. Абы шэч къытрихьэркъым иджырей щIэныгъэм. НэгъуэщI щIыпIэ къикIа хеттхэр Азэжьейм къыщихьам щыгъуэ абы зыри имысауэ пIэрэ, хьэмэрэ хеттхэр абы кIуэн и пэ ар нэгъуэщI лъэпкъ гуэрым и псэупIэу щыта? Нэмыцэ щIэныгъэлI Г. Винклер 1906 гъэм Богъазкъуей къуажэм и ­Iэгъуэблагъэр, хеттхэм я къалащхьэр здиса щIыпIэр, къитIэщIыжащ. А ­къуажэм деж къыщагъуэтащ хетт ­пащтыхьхэм я тхылъхэр, пасэрей бзэжь зыбжанэкIэ тхауэ. Абыхэм зы бзэ гуэр къахэкIащ, иужьым къызэ­рахутамкIэ, хеттхэм я пэ Азэжьейм (Азие цIыкIум) иса лъэпкъ ирипсалъэу щытауэ. ЩIэныгъэлIхэр а бзэм йоджэ протохеттыбзэкIэ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, хеттхэм я пэ псэуа лъэпкъым и бзэкIэ. Хеттхэм я пэ Азэжьейм исар хьэткIэ зэджэ лъэпкъырт. Хьэтхэм я бзэм щIэныгъэлIхэр нобэ прото­хеттыбзэкIи хьэтыбзэкIи йоджэ. Хьэтыбзэм ирипсалъэ лъэпкъыр Азэжьейм исащ абы хеттхэр кIуэн ипэкIэ. КъызэралъытэмкIэ, хьэтхэм я лъэпкъыцIэр нэгъуэщI щIыпIэ къикIыу Хетт къэралыгъуэр зыухуахэм зы­фIащыжауэ щытащ. Хьэтхэм я бзэр къэхута хъуакъым иджыри къэс. Ауэ шэч хэлъкъым: ар индоевропей бзэхэми семитыбзэхэми хыхьэркъым. Сыт хьэтыбзэм и щэхур иджыри къэс къащIыхуэмыщIэр? Ар нэхъыбэу къызыхэкIыр хьэтыбзэкIэ тхауэ къэнар зэрымащIэрщ, а мащIэри пы­чахуэщ (хетт тхыгъэхэм хэзэрыхьауэ). А бзэм ирипсалъэу щыта хьэтхэм я лъэужьыр кIуэдащ абыхэм я хэкум ­хеттхэр, индоевропей лъэпкъхэр къи­зэрыхьа нэужь. Хеттхэр езыхэр зэры­зэджэжу щытар неситщ. ЩIэныгъэлIхэм къахутащ хьэтхэм яжь хеттхэм (неситхэм) зэращIихуар. Абы щыхьэт тохъуэ мы зы щапхъэ­ри: хеттхэм (неситхэм) культурэ, дин псалъэхэу къагъэсэбэпу щыта псори хьэтхэм я бзэм къыхахащ. Аркъудейкъым. Хеттхэм (неситхэм) цIэуэ зы­фIащу щытар хьэтыцIэщ. КIэщIу жыпIэмэ, хьэтыбзэм и щэхур къэпхутэн папщIэ, Iэмал гъуэзэ­джэхэр щыIэщ. Иджыри зэ гу лъывыдогъатэ: хетткIэ зэджэр нэгъуэщI щIыпIэ къикIа (Азэжьейм изэрыгуа) индоевропей лъэпкъщ, ахэр езыхэр зэрызэджэжу щытар неситщ; хьэтхэр абыхэм я пэкIэ зи гугъу тщIы ­ хэкум иса лъэпкъщ. ИщхьэкIэ зэрыщыжытIащи, хьэтыбзэр индоевропей бзэхэми семы­тыбзэхэми екIуалIэркъым. Хьэтыбзэр зыджахэм къахутащ абы дежкIэ ­эргативнэ псалъэуха ухуэкIэр зэрыхабзэр, хьэт глагол псалъэхэр зэрып­рефиксыбэр, а префиксхэм сыт ­щыгъуи увыпIэ белджылы псалъэм зэ­рыщаIэр. Абы къыхэкIкIэ щIэны­гъэлIхэм хуагъэфэщащ а хабзэхэр щы­зекIуэ кавказыбзэхэм хьэтыбзэр я благъэу щытынкIэ зэрыхъунур. Па­сэрей Азэжьейм иса лъэпкъхэм я бзэхэр зыдж щIэныгъэлIхэм я нэхъыбэр акъылэгъущ абыкIэ. А бзэхэр нэхъ куу дыдэу зыджахэм ящыщ зым, болгар щIэныгъэлI В. Георгиевым, шэч лъэпкъ къытримыхьэжу, хьэтыбзэр хебжэ кавказыбзэхэм. (Еплъ ж. «Вопросы языкознания», 1954, №4, 71-нэ нап.) Абы зэритхымкIэ, хьэтыбзэмрэ кавказыбзэхэмрэ зэмыбла-гъэу жыпIэн папщIэ, щхьэусыгъуэ бгъуэтынукъым. Ар дэнэ къэна, щхьэу­сыгъуэ псори щыхьэт тохъуэ а бзэхэр зэрызэIыхьлым, зы лъабжьэ зэраIэм, абыхэм зылъ зэращIэтым. Мыбдежым гу лъытэн хуейщ: хьэ­тыбзэр джыным пылъа щIэныгъэлIхэр, къанэ щIагъуэ щымыIэу, акъы­лэгъу мэхъу кавказыбзэхэм щыщу хьэтыбзэм нэхъ благъэ дыдэу бгъэдыхьэр адыгэбзэр ару зэры­щытымкIэ. Академик Арн. Чикобавэ етх: ­«Ямы­лейуэ зыри хэлъкъым пасэрей Азэ­жьейм щыIа хьэтыбзэмрэ иджы­рей адыгэбзэмрэ зэблагъэу къыщIэ­кIы­ным». (Еплъ: Ученые записки Ады­гейского научно-исследовательского института языка, литературы и истории. Мейкъуапэ, 1963, т. 2, 24-нэ нап.) В. Георгиевым 1954 гъэм итхащ: «Хьэтыбзэр, шэч лъэпкъ хэмылъу, кавказыбзэхэм я Iыхьлыщ. Хьэтыбзэм и хабзэ нэхъыщхьэм - префиксацэм - узыщрихьэлIэр а бзэхэрщ. Хьэтыбзэм узыщрихьэлIэ уашхаб (тхьэ) псалъэр адыгэбзэм хэт уащ­хъуэ псалъэр ару зэрыщытыр нэры­лъагъущ». (Еплъ: ж. «Вопросы языкознания», 1954, №4, 70-нэ нап.) Профессор Г. А. Меликишвили, хьэтыбзэмрэ адыгэбзэмрэ зэрызэ­благъэм щыхьэт техъуэу, етх: «Гъэ­щIэгъуэнкъэ мыр: хьэтыбзэмрэ иджы­рей адыгэбзэмрэ куэдкIэ зо­кIуалIэ, псалъэм папщIэ, «тхьэ» мыхьэнэ къызэрыкI псалъэр хьэтыбзэми адыгэбзэми я зэхуэдэщ (хьэ­тыбзэкIэ - уашхаб, адыгэбзэкIэ - уащ­хъуэ). (Еплъ: Г. А. Меликишвили, ­Наири-Урарту. Древневосточные материалы по истории народов За­кавказья. Тб., 1954, 71-72-нэ нап.) «О структурном сходстве хаттского языка с языками северо-западного Кавказа» статьям профессор И. М. Дунаевскэм щитхащ: «Структурэ и лъэныкъуэкIэ хьэтыбзэмрэ абхъаз-адыгэбзэмрэ зэбгъэпщэныр и чэзууэ икIи захуагъэу къэлъытэн хуейщ». (Еплъ: Исследования по истории ­культуры народов Востока. Сборник в честь академика И. А. Орбели. М.-Л., 1960, 75-нэ нап.). Абы къыщымынэу, Дунаевскэм адэкIи къыпещэ: «ЗыхуэIуа щыIэкъым, хьэт тхыбзэхэм абхъаз-адыгэ­бзэхэр зыджхэм гулъытэ нэхъ хуащI­мэ, а бзитIыр я структурэ и мыза­къуэу, материальнэкIи зэблагъэу къы­­щIэ­кIыныр». (Ардыдэм, 77-нэ нап.)­. А. Кондратовымрэ В. Шеворошкинымрэ мыпхуэдэу ятхащ: «Иужь­рей илъэсхэм щIэныгъэлIхэм трагъэчыныхь КъухьэпIэ Кавказым ис лъэпкъхэм (адыгэхэм, абхъазхэм, абазэхэм) я бзэхэмрэ хьэтыбзэмрэ зэблагъэу зэрыщытым. ЩIэныгъэлI зыбжанэм ялъытэ пасэрей адыгэ­хэмрэ абхъазхэмрэ я лъэпкъэгъу Азэжьейм исауэ». (Еплъ: ж. «Знание - сила», 1964, №3, 24-нэ нап.). Хьэтыбзэмрэ адыгэбзэмрэ зэблагъэнкIэ хъуну зэрыщытым гу зэры­лъатэрэ зыбжанэ щIащ. Япэ дыдэ абы гу лъызытар нэмыцэ щIэныгъэлI ­Эмиль Форрерщ. Ар къэхутэным елIэлIащ Ю. Мессароши (абы 1934 гъэм убыхыбзэм теухуа тхылъышхуэ къыдигъэкIащ; убыхыбзэмрэ адыгэ­бзэмрэ зэблагъэ дыдэщ, убыххэр Тыркум Iэпхъуэри, адыгэхэм яхэшып­сыхьыжащ). ИщхьэкIэ зэрыщыжытIащи, хьэтхэм я лъэужьыр тхыдэм хокIуэдэж, абыхэм я хэкур индоевропей лъэпкъхэм - хеттхэм (неситхэм) - яубыда нэужь. Дэнэ кIуэнкIэ хъуну щыта ахэр, я хэкур хеттхэм яубыда нэужь? Хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, хьэтхэм ящыщ куэд я хэкур зыубыда ­хеттхэм яхэшыпсыхьыжащ. Ауэ ар псоми къащыщIакъым. Индоевропей зэрыпхъуакIуэхэм хьэтхэм я хэкур яубыда нэужь, Азэ­жьейм и ищхъэрэ щIыналъэхэм, тенджыз ФIыцIэм и благъэу, лъэпкъ лъэщ гуэрым, кашкэкIэ зэджэу щытам, и цIэ къыщыIуащ. Кашкэхэр Хетт (несит) къэралыгъуэм хыхьэу щытакъым; ахэр Галис (иджы Къы­зыл-Ирмакъ) псым и тенджыз хэхуэ­жыпIэм тесащ, тенджыз Iуфэр яIыгъыу. Кашкэхэм Азэжьейм и тхыдэм увыпIэшхуэ щаубыд; хетт пащтыхьхэм абыхэм зауэ иращIылIэрейуэ ­щытащ, ахэр я лъэгу щIагъэувэн щхьэкIэ, ауэ ар хеттхэм зэи къе­хъулIакъым. КъехъулIэн дэнэ къэна, езы кашкэхэр Хетт къэралыгъуэм дежкIэ сытым щыгъуи шынагъуэу щытащ. Ахэр хеттхэм ятеуэрт, я къалащхьэ Хьэтушаш щаубыди къэхъуу. Абыи къыщынэркъым: кашкэхэрауэ ялъытэ Хетт къэралыгъуэр зэтезы­къутэжар. ЩIэныгъэлIхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, кашкэхэр хеттхэм (неситхэм) ­хэкум кърахуа хьэтхэращ. «Кашкэхэмрэ Азэжьейр зыIыгъа хьэтхэмрэ лъыкIэ зэблагъэщ», - етх Г. Г. Гиоргадзе. (Еплъ: Г. Г. Гиоргадзе. Из истории племён, проживавших к северу и северо-востоку от Хеттско­го государства (кашки). Автореферат. 1956, 3-нэ нап.) Нэхъ белджылыуэ ардыдэр жеIэ профессор Г. А. Меликишвили: «ЩIы­пIэцIэхэр щыхьэт тохъуэ кашкэхэр хьэтыбзэкIэ псалъэу зэрыщытам». Абы къикIыр зыщ: хьэтхэмрэ кашкэхэмрэ щызэблагъэкIэ, дауи, кашкэхэр адыгэхэм я благъэщ. Абы шэч къытрахьэркъым щIэныгъэлIхэм. Профессор Меликишвили етх: ­«Кашкэхэм я лъэпкъыцIэмрэ адыгэ­хэм я лъэпкъыцIэмрэ куэд щIауэ зэрагъапщэ: пасэрей грузинхэр адыгэхэм кашагкIэ еджэу щытащ, пасэрей урысхэр - касогкIэ; хьэрып тхакIуэхэм, псалъэм папщIэ, Масуди, адыгэхэм щхьэкIэ кашак жаIэу ­щытащ. (Еплъ: ж. «Вестник древней истории», 1962, №1, 64-нэ нап.) Абы щIыгъужын хуейщ: адыгэхэм, псалъэм папщIэ, къэбэрдейхэм, лъэпкъ зыбжанэ (осетинхэр, сонэхэр) иджыри къэс а пасэрей цIэмкIэ ­(кашкэ) къоджэ. Дигу къэдгъэкIыжыпхъэщ: курыт лIэщIыгъуэхэм грекхэмрэ римлянхэмрэ адыгэ лъэпкъ гуэрым апшилкIэ къеджэу щытащ. Г. А. Меликишвили а псалъэр ­ирегъапщэ пасэрей ассирий, хетт ­документхэм узыщрихьэлIэ абешлэ цIэм; а цIэр «кашкэм» и синонимщ е, нэгъуэщIу жыпIэмэ, «кашкэми» «абе­шлэми» къарыкIыр зыщ - а тIури адыгэхэм я благъэ пасэрей хьэт лъэпкъыжьым и цIэщ. Ар тегъэщIа­пIэ ищIурэ, профессор Меликишвили мыпхуэдэу итхащ: «Ар щыхьэт ­тохъуэ кашкэхэр Кавказ Ищхъэрэм щыщ лъэпкъхэм зэраблагъэм икIи, шэч хэмылъу, кашкэхэм Кавказ Ищхъэрэ хэкIыпIэ яIэу къыщIэкIынущ. Кашкэхэр хьэтхэм я благъэу зэрабжым къикIыр а кашкэхэр кавказ лъэпкъхэм зэраблагъэрщ. А благъагъэр аргуэру зэ щыхьэт тохъуэ а лъэпкъхэр (зи гугъу ищIыр адыгэхэмрэ абхъазхэмрэщ. - Къ. Хь.) Азэжьейм пасэ дыдэу иса хьэтхэм я благъэу зэрыщытым». (Еплъ: Г. А. Меликишвили. Наири-Урарту, 77-нэ нап.) Азэжьейм (Азие цIыкIум) адыгэхэм я благъэ лъэпкъ зэрисам щыхьэт ­тохъуэ абы узыщрихьэлIэ щIыпIэ­цIэхэри. Г. А. Меликишвили зэритхымкIэ, а щIыпIэцIэхэм «хьэкъыу уи фIэщ ящI абыхэм адыгэхэм благъагъэ къахузиIэ лъэпкъ зэрисар». Азэ­жьейм ита пасэрей къалэжь гуэрым АрипсэкIэ йоджэ; Меликишвили зэ­ритхымкIэ, а къалэм и цIэр адыгэ ­псалъэ «псым» къытекIащ (къалэр псы Iуфэм Iусащ). АдыгэцIэ куэд къинащ КъухьэпIэ Грузиеми. И. Джавахишвили, С. Джанашиа, Г. Рогавэ сымэ, нэгъуэщIхэми зэратхымкIэ, ар щыхьэт тохъуэ ­КъухьэпIэ Грузием адыгэ лъэпкъ зэрисам. А щIыпIэр - КъухьэпIэ Гру­зиер - профессор Меликишвили ­къелъытэ адыгэхэр зэрысу щыта ­щIы­налъэхэр - Азэжьеймрэ Ищхъэрэ Кавказымрэ - зэзыпхыу щытауэ. (Еплъ: ж. «Вестник древней истории», 1962, №1, 36-нэ нап.). 1960 гъэм Мейкъуапэ и Iэшэлъашэм мывэ пхъэбгъу гуэр къыща­гъуэтыгъащ. Абыи, Хама бэзэр мывэ пхъэбгъум ещхьу, тхыпхъэщIыпхъэ­хэр хэщIыхьащ. А тхыпхъэщIыпхъэхэр джыным и ужь итащ Г. Ф. Турчаниновыр. Мейкъуапэ мывэм тет ­хьэрфхэр библскэ псевдоиероглифическэ тхыбзэкIэ зэджэм зэры­щыщыр нэрылъагъущ, ауэ гурыIуэ­гъуэтэкъым а хьэрфхэм сыт хуэдэбзэм щыщ псалъэ къаIуатэми. Зыбжанэрэ елIэлIа нэужь, Турчаниновым къихутащ Мейкъуапэ мывэ пхъэб­гъум и ныбжьыр ди эрэм и пэкIэ ХII - ХIII лIэщIыгъуэхэм зэрынэсыр икIи абы тетхар зэрыабхъаз псалъэр (абхъа­зыбзэмрэ адыгэбзэмрэ зэблагъэ дыдэщ, тIури зэгуэрым зы бзэм къытепщIыкIащ). Ди къэралым иджыри къэс къы­щагъуэтакъым Мейкъуапэ мывэ пхъэбгъум тет тхыгъэм ныбжькIэ пэхъун тхыгъэ. Ауэ аракъым нэхъ гъэ­щIэгъуэныр. Нэхъ гъэщIэгъуэныр... ар хетт хьэрфкIэ зэрытхарщ. ГурыIуэгъуэу ди гугъэщ ар щыхьэт зытехъуэр. 1963 гъэм Шэшэн-Ингуш тхылъ те­дзапIэм къыщыдэкIащ профессор Ю. Д. Дешериевым и лэжьыгъэшхуэ гуэр. Лэжьыгъэм и цIэ къудейми куэд къыбжеIэ: «Сравнительно-истори­ческая грамматика нахских языков и проблемы происхождения и исторического развития горских кавказских народов». Нахыбзэхэм (шэшэныбзэмрэ ингушыбзэмрэ) я тхыдэр щIиплъыкIа нэужь, профессор Дешериевым и фIэщ хъуащ, япэрауэ, Кавказ бгы­рысыбзэхэр (дагъыстаныбзэхэр, шэ­шэн-ингушыбзэхэр, абхъаз-адыгэбзэхэр) зэрызэблагъэр, етIуанэрауэ, а бзэхэм ирипсалъэхэр пасэрей Азэ­жьейм иса лъэпкъхэм зэрагухьэр, ещанэрауэ, кавказ бгырыс лъэпкъ­хэмрэ пасэрей Азэжьейм иса лъэпкъ­хэмрэ зэхуаIэ благъагъэр нэхъ хэкъузауэ джын хуейуэ и чэзу зэрыхъуар, абы IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щы­лажьэ щIэныгъэлI куэдым я къару ехьэлIэн зэрыхуейр. Зэрытлъагъущи, зи гугъу тщIы ­Iуэхугъуэр джыным мыхьэнэшхуэ иIэщ. Академик Арн. Чикобавэ зэритхымкIэ, «а Iуэхугъуэр щIэныгъэлI куэ­дым къаIэт, къэрал куэдым щадж. Ар щыхьэт тохъуэ мы Iуэхугъуэр зи чэзууэ зэрыщытым». Кавказ бгырыс лъэпкъхэм, псалъэм папщIэ, адыгэхэм, я пасэрей тхыдэм дызыщымыгъуазэ куэд хэлъщ, абы и гугъу щащIкIэ грек, рим тхакIуэхэм къызэранэкIа псалъэ ­пычахуэхэм фIэкIыр мащIэщ. Грек ­сатуущIэхэр тенджыз ФIыцIэм и Iуфэм къесылIэн и пэ сыт я нэгу щIэкIа ди лъэпкъымрэ ди бзэмрэ - ар ­къазэрыфIэIуэху щыIэкъым. Нэ­гъуэщI­хэм къафIэмыIуэхуми, дэ къытфIэIуэхужын хуейт, ауэ абы хуэ­хьэзыр щIэныгъэлI нобэми диIэкъым.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "409.txt" }
ГушыIэр Тхьэм и щIасэщ Сытхъэжу къэсшакъым Партым зыгуэр хагъэхьэрт. И биографиер яжриIащ, къызэреупщIхэм жэуап яритащ. Ауэ зыгуэр къэпсалъэри жиIащ: - Фыз куэд къызэрыпшам и хъыбарыр къыджеIэт. - Сытхъэжу къэсша уи гугъэ, сыгъуэгыурэ къэзмышам, Тхьэр согъэпцI, хъун къахэмыкIыурэ! - жиIащ канди­датым. Пощтымрэ фошыгъумрэ Пасэм щыгъуэ щIалэхэр хъыджэбзаплъэ кIуэуэ щытащ. Апхуэдэ хъыджэбзаплъэ кIуа щIалэжьыр, зэплъыну ­хуея хъыджэбзым фIэкIа дэмысу ирихьэлIащ. КъызыхуэкIуа хъыджэбзри бзаджэжьт: фошыгъу хэмылъу, шеибжьэ къыхутригъэувэри, къыщхьэщыу­вэжащ. ЩIалэжьыр еIубри, - шейм фошыгъу хэлътэкъым. «Зу, зу, зу» жригъэIэу шейбжэмышхымкIэ зэIищIэу щIидзащ. А зэманым пощтыр зезышэ шыхэм уэзджынэ якIэрыщIауэ щытащ, зэрыпощтыр ящIэн щхьэкIэ. ЩIалэжьым щимыгъэтыжыххэу стэканыр «щигъэп­салъэм», хъыджэбзым жиIащ: - Пощтыр къэса си гугъэщ. ЩIалэжьри бзаджэжьти: - Фошыгъу къишамэ еупщIыт а пощтым, - жиIащ. Хъыджэбзыр щIэкIри фошыгъу къыхуихьащ. Япэ джалэм ущIэмынакIэ ЛIыжьыр уэрамым здрикIуэм, шыщхьэ къупщхьэжь щылъым игъэлъэпэрапэри, джэлащ. Уэршэру уэрамым дэс щIалэ гупым ар щалъагъум, зэщIэдыхьэшхащ ину. - Фымыдыхьэшх, цIапIэ къом, си ныбжь фынэсмэ, сэ схуэдэ фыхъунущ, абы фыфIэкIыжмэ, мыбы хуэдэ фыхъунущ! - жиIэри, щхьэ къупщхьэр яригъэлъагъури, лIыжьыр и гъуэгу теувэжащ. Зытхыжар КъардэнгъущI Зырамыкущ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "41.txt" }
Усыгъэм дихьэххэм папщIэ Гу зылъытапхъэ Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ библиотекэм литературэ пшыхь дахэхэр щокIуэкI «Библио­ночь-2019» фIащауэ. Абы щыщщ «Дуней псор - театрщ» гупсысэр мы гъэм лъабжьэ зыхуащIахэри. Зи гугъу тщIы Iуэху дахэм хыхьэу, библиотекэм щеджэ и пэшым и лэжьакIуэхэм къызэрагъэпэща «Усыгъэр гъунапкъэншэщ» макъамэ-усэ пщыхьэщхьэр мэлыжьыхьым и 20-м, сыхьэт 18-м щIидзэу, екIуэкIынущ. Абы щы­зэхэфхынущ урыс, нэгъуэщI лъэпкъ усакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэр. Тхылъ гъэщIэгъуэнхэр зытет дапхъэхэр ягъэувынущ, лIэщIыгъуэ зэхуэмыдэхэм цIыхухэм зэрахьэу щыта хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэм я гъэлъэгъуэныгъэ щыIэнущ. Зи гукъыдэжыр къэзыIэтыну хуей псори пшыхьым фрагъэблагъэ. Абы ущIыхьэн щхьэкIэ пщIэ щIэптын хуейкъым. Пшыхьым ехьэлIа лэжьыгъэр зэзыгъэуIур щеджэ пэшым и унафэщI Сэкрэк Заремэщ. УпщIэ зиIэхэр мы телефонхэмкIэ фыпсалъэ хъунущ: 8-928-702-75-95, 8-928-711-64-52, 77-45-04. ИСТЭПАН Залинэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "410.txt" }
Асфальтыр узыншагъэмкIэ зэранщ Зи бжыгъэм зэпымычу хэхъуэ машинэхэм къалэхэм ущымыбэуэжыф ящI. Ахэр зэрылажьэ гъэсыныпхъэхэм къапкърыкI Iугъуэм и закъуэкъым зэраныр, гъуэгум телъ асфальтыр нэхъ шынагъуэжщ. Асфальт лIэужьыгъуитI щыIэщ: щIыдагъэр къыщыщIах щIыпIэхэм пэмыжыжьэу хьэзыру къыщагъуэтымрэ IэрыщIымрэ. ЩIым къыщIахыр щабэщ, махэщ, псынщIэу мэткIу. АсфальтобетонкIэ зэджэ IэрыщIыр битумкIэ зэкIэрышха мывэкIэщхърэ пшахъуэу зэхэлъщ.Зэрызэпкърылъ пкъыгъуэхэм я процент бжыгъэм елъытауи асфальтыр лIэужьыгъуэ зыбжанэу зэщхьэщокI. И щабагъкIэ зэхуэмыдэ мывэкIэщхъ лIэужьыгъуэ зыбжанэ щхьэхуэ-щхьэхуэу ягъэкъабзэ, щIагъэкI, ягъэгъущ, зы кумбыгъэ иракIутэжри, битум (проценти 9 нэхъыбэ мыхъуу) хакIэж. Асфальтым и фIагъымрэ ар гъуэгум зэрытелъ зэманымрэ зэлъытэжар битумращ. Асфальтыр нэхъыбэрэ гъуэгум телъын, жьыр, псыр, уаер, хуабэр, машинэ хьэлъэхэр зэран хуэмыхъун папщIэ, ар щагъавэкIэ тхъуэбзащхъуэ, яжьэ, хьэфэ, нэгъуэщI гуэрхэри халъхьэ. ПщIантIэм иралъхьагъащIэ асфальтыр апхуэдэу зэранкъым, илъэси 2-5 хъуауэ телъхэм елъытауэ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, хьэуам хэлъ гъуэз щхъухь куэд зыщIешэ асфальтым, икIи, нэхъыбэрэ телъыху, нэхъыбэ зэхуехьэс. ЗыщIишар къыпкърынэу аракъым, атIэ зэман гуэр дэкIа нэужь, зэхуихьэса гыныр къеутIыпщыж (псалъэм папщIэ, бдзапцIэ), абы цIыхур иробауэ, и узыншагъэмкIи къызэрымыкIуэу зэранщ. ГъэщIэгъуэныракъэ, машинэхэр куэду щызэблэкI гъуэгущхьэхэм бдзапцIэр щынэхъ мащIэщ, пщIантIэхэм нэхърэ. Ар къызыхэкIыр машинэм къыпих Iугъуэр гъуэгум деж къыщызэтемыувыIэу (жьы зэпеуэм кърихьэкIыурэ), пщIантIэхэмрэ лъэс лъагъуэхэмрэ зэрыдихьэрщ. Апхуэдэ къэхутэныгъэм щыгъуазэ ухъуа нэужь, уогупсыс: пщIантIэхэмрэ лъэс лъагъуэхэмрэ асфальтым и пIэкIэ нэгъуэщI зыгуэр телъхьамэ нэхъыфIкъэ?! Асфальтыр нэхъ пудщ, дауи, дэнэкIи ар щIытралъхьэр гурыIуэгъуэщ. Пэжщ, машинэхэр щызекIуэ гъуэгум къозэгъ, ауэ, щIэныгъэлIхэм жаIэм уедаIуэмэ, цIыхухэр, сабийхэр нэхъыбэрэ щызэхэзекIуэ лъэс лъагъуэхэмрэ пщIантIэхэмрэ мывэкIэ е плиткэкIэ къищIыкIамэ, узыншагъэмкIэ нэхъ сэбэпщ. «ПщIантIэхэмрэ лъэс лъагъуэхэмрэ асфальт тезылъхьэ машинэшхуэхэр щылэжьэфыркъыми, ахэр нэхъ псынщIэу къохуж. IэкIэ яуба асфальтымрэ машинэм иубамрэ я фIагъыр зыкъым: пщIантIэм телъыр нэхъ щабэу къонэ, махэщ. Апхуэдэм Iугъуэр нэхъ псынщIэу зыщIешэ, гын нэхъыби къыпкърокIыж. ХэкIыпIэу щыIэр зыщ - цIыхухэр нэхъыбэу щызэблэкI щIыпIэхэр мывэкIэ е плиткэкIэ къищIыкIынырщ. Пэжщ, абы мылъкушхуэ ехь, ауэ нэхъыбэрэ зокIуэ, цIыхум и узыншагъэмкIи зэранкъым», - жеIэ УФ-м и «Санэпидемнадзор»-м и технолог нэхъыщхьэ Геральдов Вениамин. ФЫРЭ Анфисэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "411.txt" }
Дунейм щыхъыбархэр Президентыр хахынущ 2019 гъэм мэкъуауэгъуэм и 9-м Къэзахъстаным щекIуэкIынущ зимычэзу президент хэхыныгъэхэр. А къэралым и унафэщI Токаев Къасым-Жомарт лъэпкъым телевиденэкIэ иджыблагъэ зыщыхуигъазэм апхуэдэу жиIащ. «Къэралым и Конституцэм ипкъ иткIэ, зимычэзу президент хэхыныгъэхэр Къэзахъстан Республикэм мы гъэм мэкъуауэгъуэм и 9-м щедгъэкIуэкIыну тедухуащ. Быдэу си фIэщ мэхъу а хэхыныгъэхэр ди дежкIэ Iэмал имыIэу зэрыщытыр, сыту жыпIэмэ, жылагъуэ-политикэ зэгурыIуэныгъэм и лъабжьэр дгъэбыдэн, ипэкIэ дыкIуэтэн, социально-экономикэ зыужьыныгъэм пыщIа къалэнхэр дэдгъэкIын папщIэ шэч къызытетхьэ сыт хуэдэ Iуэхури лъэныкъуэ едгъэзын хуейщ», - къыхигъэщащ Токаевым. Президентым зэрыжиIамкIэ, абы теухуа унафэр къищтащ, къэралым и унафэщIу илъэс щэщIым нэскIэ щыта Назарбаев НурсулътIан, апхуэдэуи Парламентым и палатитIми я Iэтащхьэхэм, республикэм и премьер-министрым ечэнджэщри. Токаевым цIыхубэр къигъэгугъащ хэхыныгъэхэр зэIухауэ, пэжагъыр и лъабжьэу, цIыхухэм я Iуэху еплъыкIэхэр хуиту къагъэлъэгъуэфу зэрекIуэкIынумкIэ икIи нэхъыбапIэм нэхъ яфIэтэмэмым тету къэрал политикэр зэраубзыхунумкIэ. КъыбгурыIуэ зэрыхъунумкIэ, Токаевыр хуейкъым а къулыкъур хуэмыфащэу абы ягъэувауэ къалъытэну. ЦIыхубэм IэIэткIэ хахмэ, абыхэм я дзыхь кърагъэзмэ нэхъ къызэрищтэр шэчыншэщ. Доллар мелард 1,3-рэ тригъэкIуэдащ Илъэситхум къриубыдэу Украинэм и армэм доллар мелард 1,3-рэ тригъэкIуэдащ США-м. Пентагоным и пресс-секретарь Пахон Эрик апхуэдэ бжыгъэхэр хэIущIыIу ищIащ, Украинэм зыхъумэжыныгъэмкIэ и зэфIэкIхэм хэгъэхъуэным, НАТО-м а къэралым хуиIэ пыщIэныгъэхэр гъэбыдэным щытепсэлъыхьым. Абы къызэрыхигъэщамкIэ, Вашингтон деIыгъ Украинэр я зэгухьэныгъэм къыхыхьэныр, ауэ абы лъэпощхьэпо хуэхъу Iуэхухэри щыIэщ. Абыхэм ящыщщ Украинэм и щIыналъэм пыщIа Iуэху зэIумыбзхэр, псалъэм папщIэ «Кърымым теухуа гугъуехьхэр» жыхуаIэр. Политологхэм къызэралъытэмкIэ, Америкэм 2014 гъэ лъандэрэ апхуэдиз мылъку Украинэм щIыхухихыр гурыIуэгъуэщ – Урысейм къызэреныкъуэкъу Iэмалу иужьрейр къигъэсэбэпын, абы и дзэхэр игъэлъэщын папщIэщ. НАТО-м нэхъапэми апхуэдэ щIыналъэу Куржыр къыхихауэ щытат, ауэ къэхъуар нэгъуэщIщ – 2008 гъэм а къэралым къыхэкIащ Абхъазымрэ Осетие Ипщэмрэ. НОБЭ ♦Ажэгъуэмэм и махуэр щагъэлъапIэ дунейм и къэрал куэдым ♦Урысейм Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министерствэм и юридическэ къулыкъум и махуэщ ♦Крымыр, Таманымрэ Кубанымрэ Урысей империем щыхагъэхьа махуэщ. Мы гъэм ар япэу ягъэлъэпIэнущ, 2018 гъэм и шыщхьэуIум къащта федеральнэ законым ипкъ иткIэ. 1783 гъэм мэлыжьыхьым и 19-м Екатеринэ ЕтIуанэм, Потёмкин Григорий и чэнджэщкIэ, Iэ щIидзащ Кърымымрэ Кубань областымрэ Урысейм щыщ щIыналъэу къэлъытэным теухуа унафэм. ♦Урысей полиграфием и махуэщ. 1563 гъэм Урысейм щыяпэу Фёдоров Иванрэ Мстиславец Пётррэ я типографием Москва лэжьэн щыщIидзащ. ♦Урысейм гъущIхэкIхэм елэжьыж и промышленностым и лэжьакIуэм и махуэщ ♦Венесуэлэм егъэлъапIэ и щхьэхуитыныгъэм и махуэр ♦1925 гъэм эфирым кIуащ «Пионерская зорька» союзпсо радиогазетым и япэ нэтыныр. ♦1935 гъэм СССР-м и ЦIыхубэ комиссархэм я советым и унафэкIэ къызэрагъэпэщащ «Спартак» спорт зэгухьэныгъэр. Апхуэдэ цIэ абы фIащыну къыхэзылъхьауэ щытар совет хоккеист, футболист Старостин Николайт. «Спартак» футбол командэм и къызэгъэпэщакIуэри арат. ♦1943 гъэм Совет Союзым къыщызэрагъэпэщащ «Смерш» тIасхъэщIэх IуэхущIапIэ щэхурылажьэм и управленэ нэхъыщхьэр. ♦1970 гъэм Волжскэ автозаводым къыщыщIагъэкIащ «ВАЗ-2101» автомобиль лIэужьыгъуэщIэр. ИужькIэ абы цIыхухэр «кIэпIейкIэкIэ» еджэу щIадзащ. ♦1971 гъэм япэу яутIыпщащ «Салют» совет хьэрш станцыр. ♦2000 гъэм Румынием къыщагъуэтащ дыщэ куэд дыдэ зыщIэлъ щIыпIэ. Апхуэдиз дыщэ гъэтIылъыгъэ Европэм и нэгъуэщI зы къэралми иIэкъым. ♦1902 гъэм къалъхуащ совет тхакIуэ, сценарий куэд зи къалэмыпэм къыщIэкIа, Сталиным и саугъэтыр зыхуагъэфэща Каверин Вениамин (и унэцIэ дыдэр Зильберщ). ♦1929 гъэм къалъхуащ литературовед, филологие щIэныгъэхэм я доктор, УФ-ми АР-ми щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, ЩIДАА-м и академикыу, ДАХ-м и президенту щыта Щхьэлахъуэ Iэбубэчыр. ♦1937 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, драматург, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Журт Биберд. ♦1941 гъэм къалъхуащ урысей журналист цIэрыIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым хэта, ИТАР-ТАСС-м и унафэщIу илъэс куэдкIэ лэжьа Игнатенкэ Виталий. ♦1957 гъэм къалъхуащ урысей актёр, УФ-м щIыхь зиIэ и артист Баталов Сергей. ♦1965 гъэм къалъхуащ биологие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъМУ-м и профессор Беслъэней Эдуард. ♦1987 гъэм къалъхуащ урысей теннисисткэ, УФ-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер, 2012 гъэм Лондон щекIуэкIа Олимп Джэгухэм дыжьын медаль къыщызыхьа Шараповэ Марие. ♦1984 гъэм къалъхуащ урысей бобслеист, 2014 гъэм Сочэ щекIуэкIа Олимп Джэгухэм дыщэ медаль къыщызыхьа Труненков Дмитрий. ♦1985 гъэм къалъхуащ УФ-м щыщ скелетонист, дунейпсо чемпион Третьяков Александр. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ, къешх-къесу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 3 - 4, жэщым градуси 2 - 3 щыхъунущ. Лъэпкъ Iущыгъэ: Адэм и щыуагъэр быным и мыгъуагъэщ. Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "412.txt" }
Дунейм щыхъыбархэр ЩIыуэпсыр хъумэным хуэгъэзауэ Инджылызым и къалащхьэ Лондон тхьэмахуэм щIигъуауэ щокIуэкI экологие акцие. Уэрамхэм къыдыхьащ цIыху минхэр. Акцэм хэтхэм къэралым и унафэщIхэм хуагъэув щIыуэпсыр хъумэным хуэфащэ гулъытэ хуащIыну. Дыкъэзыухъуреихь дунейр зэрауцIэпIым игъэ­пIейтей цIыхухэм автомобиль гъуэгухэр зэхуащI, транспортым къыпих гъуэзым хьэуар зэриуфIейр ямыдэу. Полицэми, и къалэн егъэзащIэри, апхуэдэхэм япоув. «Автомобилхэр куэдыщэ зэрыхъуам къыхэкIыу дунейр нэхъ хуабэ мэхъу, абы и зэранкIэ мэткIу илъэс минкIэрэ зэтежыхьа мылхэр, ЩIым къызэрымыкIуэ щытыкIэхэр къыщыхъуныр къишэу, - жаIэ акцэм хэтхэм. - ЦIыхум и мызакъуэу, апхуэдэ щытыкIэр йогуауэ псэущхьэхэми къэкIыгъэхэми». Акцэм хэтхэм правительствэм хуагъэув дуней щытыкIэм зэрызихъуэжым цIыхухэр щыгъуазэ ящIыну, углекислэ газу хьэуам хаутIыпщхьэр ягъэмэщIэным хуэгъэза Iуэхухэр зэфIагъэкIыну икIи абы и лъэныкъуэкIэ зэфIагъэкIхэм кIэлъыплъыну совети яубзыхуну. Iуэхум и къызэгъэпэщакIуэхэм жаIащ, езыхэм къыхалъхьа жэрдэмхэм къэралым и унафэщIхэм хуэфэщэн гулъытэ хуащIыну къамыгъэгугъэмэ, акцэм адэкIи пащэну. Хабзэр къызэпаудауэ къалъытэу, мэлыжьыхьым и 15-м къыщыщIэдзауэ полицэм иубыдахэм я бжыгъэр нобэм ирихьэлIэу цIыху 1065-рэ мэхъу. Абыхэм, уеблэмэ яхэтщ олимп чемпиони. 2012 гъэм гъэм Лондон щекIуэкIа Олимп Джэгухэм каноэкIэ псым есынымкIэ дыщэ медалыр къыщызыхьа Стотт Этьени ящыщщ акцэм къызэзыгъэпэщахэм я Iуэху еплъыкIэр ядэзыIыгъхэм икIи абы хыхьащ. «Мы Iуэхум икъукIэ мыхьэнэшхуэ иIэу къызолъытэ, ди жылагъуэр зыхуэкIуэнкIэ хъунум икъукIэ сигъэшынащи, - жиIащ Стотт. - АдэкIэ кIуапIэ имыIэжу деувэлIащ ди щIыуэпсыр тхъумэжын зэрыхуейм. Иджыпсту дызыщIэгупсысыжу щытыкIэм зедмыгъэхъуэжмэ, дыщыпсэу ЩIыр щыхупIэм хуэтшэу аращ икIи а гъуэгум Iэмал имыIэу дыкъытекIын хуейщ». УнитI къыщыуащ Тыркум и нэхъ къалэшхуэ дыдэ Истамбыл хыхьэ Кягытхан щIыпIэм, щIыр гуэхури, къыщыуащ унитI, зыр къатиплI, адрейр къатитху хъууэ. Унэхэр лъэныкъуэкIэ ещIэу зэрыхуежьам гу лъатэри, абыхэм цIыхухэр къыщIагъэIэпхъукIащ, абы и фIыгъэкIи зыри хэкIуэдакъым. Унэхэм япэмыжыжьэу щыта автомобилхэри ехуэхащ метрипщI бжыгъэ зи лъагагъ нэпкъым. КъэхъукъащIэм и хъыбар къызэрыIуу, а щIыпIэм икIэщIыпIэкIэ кIуащ къегъэлакIуэхэри, мафIэсгъэункIыфIхэри, полицэри. Къалэм и унафэщIхэм щIыпIэр, уIухьэ мыхъуу, занщIэу кърагъэхухьащ, иджы ирагъэкIуэкI нэпкъым тет мыдрей унэхэри къэмыуэным хуэунэтIа лэжьыгъэхэр. Апхуэдэуи а унэхэм щIэсахэм, зи мылъку зыфIэкIуэдахэм зэрадэIэпыкъуным яужь итщ. Нобэ ♦ЩIалэгъуалэм я зэкъуэтыныгъэм и дунейпсо махуэщ ♦Къуэш зэрыщIа къалэхэм я дунейпсо махуэщ ♦Лабораторэхэм къыщагъэсэбэп псэущхьэхэр хъумэным и дунейпсо махуэщ ♦Секретарым и дунейпсо махуэщ ♦Ермэлы лъэпкъым залымыгъэ щыкIэлъызэрахьам хэкIуэдахэм я фэеплъ махуэщ. 1915 гъэм Уэсмэн къэралыгъуэм, Германиер и щIэгъэкъуэну, теIэпхъэ щIын щыщIадзауэ щытащ ермэлыхэр. ЛъэпкъкIуэдыр къыхуагъэкIуэным нэса ермылэхэр зыпхыкIа гузэвэгъуэшхуэр, абы зи щхьэр хэзылъхьахэр мэлыжьыхьым и 23-м ягу къыщагъэкIыж а лъэпкъым щыщхэр щыпсэу къэралхэм. ♦1800 гъэм США-м и президент Адамс Джон Конгрессым и библиотекэр къызэригъэпэщащ, тхылъхэр къэщэхуным доллар минитху хухихри. ♦1803 гъэм Урысейм и император Александр Езанэм Iэ щIидзащ Кавказым къыщыщIэж минеральнэ псыхэм ятеухуа унафэм. Абы щыубзыхуат псы хущхъуэхэм къэралым и цIыхухэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зэраIэри, ахэр нэсу къэгъэсэбэпа хъун папщIэ зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ къызэгъэпэщынри. ♦1944 гъэм къызэIуахащ ещанэ Белорус фронтыр. ♦1899 гъэм къалъхуащ адыгэхэм я къекIуэкIыкIар зыджа, тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор Кушевэ Екатеринэ. ♦1942 гъэм къалъхуащ США-м щыщ уэрэджыIакIуэ, актрисэ, композитор, режиссёр Стрейзанд Барбарэ. ♦1952 гъэм къалъхуащ франджы модельер цIэрыIуэ Готье Жан-Поль. ♦1958 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ, КъБР-ми Ингуш Республикэми щIыхь зиIэ я артисткэ Даур Иринэ. ♦1982 гъэм къалъхуащ урысей гимнасткэ, дунейми Европэми я чемпионкэ, 2004 гъэм Алыджым и къалащхьэ Афинхэм щекIуэкIа гъэмахуэ Олимп Джэгухэм дыжьын медаль къыщызыхьа, УФ-м художественнэ гимнастикэмкIэ и федерацэм и вице-президент Чащинэ Иринэ. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, уэшх тIэкIу къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 14 - 16, жэщым градуси 7 - 10 щыхъунущ. Лъэпкъ Iущыгъэ: Узыгъэблагъэ гъэблэгъэжи, узыгъэбий гъэбииж. Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "413.txt" }
Зи IэщIагъэм хуэIэижьхэр Хъыбар гуапэ Ди къэралым и щыхьэр Москва къалэм дэт Урысей социальнэ университетым иджыблагъэ щыхэплъэжащ «Сэ си IэщIагъэм фIы дыдэу хызощIыкI» урысейпсо студент зэпеуэм кърикIуахэм. КъБКъУ-м и пресс-IэнатIэм хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, абы ехъулIэныгъэ иIэу хэтащ ди университетым и студенткэ Биттуевэ Эльмирэ. «Социальная работа» IэщIагъэмкIэ бакалавриатыр къэзыух пщащэ цIыкIур а унэтIы­ныгъэмкIэ пашэ щыхъуащ къэралпсо зэхьэзэхуэм. Промышленникхэмрэ хьэрычэтыщIэхэмрэ я урысейпсо зэгухьэныгъэмрэ (РСПП) «Iуэху щащIэ Урысей» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэмрэ къызэрагъэпэща а зэпеуэ хьэлэмэтым хэта студентхэр япэщIыкIэ щызэхьэзэхуащ щIыпIэхэм, щIыналъэхэм. Абыхэм пашэ щыхъури, Москва щекIуэкIа кIэух Iыхьэм хэтыну ирагъэблэгъащ. Эльмирэ зэрыжиIэжымкIэ, ахэр унэтIыныгъэ зыбжанэкIэ ­зэпеуащ. Апхуэдэхэт, къапщтэмэ, хабзэхэр зэращIэр, дэфтэрхэр зэрыгъэхьэзырыпхъэр, щытыкIэ гугъум ихуа унагъуэм щIэсхэм уазэрыдэлэжьэнур, а къэпщытэныгъэхэмрэ къэхутэныгъэхэмрэ зи ­лъабжьэ дэфтэрхэр къызыхуэтыншэу зэрызэхэбгъэувэнур. А псоми тэмэму, дагъуэншэу пэлъэщыфащ ди лъахэгъу пщащэр икIи балли 157-рэ ­хуагъэуври, текIуауэ къалъытащ. Эльмирэ зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэ лъагэм щыхьэт техъуэ щIыхь тхылъыр гуфIэгъуэ щытыкIэм иту Эльмирэ иритыжащ КъБКъУ-м и ректор Алътуд Юрий. Урысейпсо утыкум щIэныгъэ куурэ зэфIэкI лъагэрэ къыщызыгъэлъэгъуа студенткэм ректорыр гуапэу ехъуэхъуащ икIи жриIащ абы къыщихьа текIуэныгъэм ипкъ иткIэ, ар къэралым и еджапIэ нэхъыщхьэхэм я магистратурэм е аспирантурэм нэхъ тыншу зэрыщIэтIысхьэфынур. КъинэмыщIауэ, Биттуевэ Эльмирэ и цIэр иратхэнущ «Сэ си IэщIагъэм фIыуэ хызощIыкI» Лъэпкъпсо базэм. А реестрым илъ хъыбархэр куэдрэ къагъэсэбэп IэнатIэ, IуэхущIапIэ инхэм я унафэщIхэм, лэжьакIуэ къыщалъыхъуэм деж. А псори къызэхъулIа Эльмирэ дохъуэхъу и зэфIэкIым, щIэныгъэм зытриша лъагъуэ цIыкIур гъащIэм гъуэгу бгъуфIэу къыщыхущIэкIыну. ЖЫЛАСЭ Маритэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "414.txt" }
Махуэшхуэм и фэеплъу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щрагъажьэ къэрал кIуэцI хъумакIуэ IэнатIэр граф Комаровскэм къызэрызэригъэпэщрэ илъэс 250-рэ зэрырикъур. Комаровский Евграф къызэригъэпэщауэ щы­та хъумакIуэ IуэхущIапIэрщ иджырей Урысей гвардиер къызытращIыкIыжар. Махуэшхуэр щагъэлъапIэм ирихьэлIэу «Урысей гвардием и жыгхэр» Iуэхум ипкъ иткIэ, жыг 250-рэ хасэну яубзыхуащ. А Iуэхугъуэ дахэм хэтынущ Урысей гвардием и лэжьакIуэхэр, дзэм къулыкъу щызыщIэхэр, гвардием къепха еджапIэхэм щIэсхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ, зауэм и ветеранхэр, щIыпIэ администрацэхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, ди гъунэгъу щIыналъэхэм къикIа хьэщIэхэр. Япэ жыг 25-р Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и щыхьэрым щыхасащ мэлыжьыхьым и 16-м, адэкIэ Iуэхум щыпащэнущ Грозный, Ставрополь, Магас, Налшык, Владикавказ, Мэхъэч­къалэ къалэхэм. Иужьрей жыгхэр щыхасэну я мурадщ КИФЩI-м и къалащхьэм - Псыхуабэ. Фырэ Анфисэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "415.txt" }
Тхьэм псом я лейуэ къыхиха Мысыр усакIуэ Щэукъий Ахьмэд «Мысыр литературэм щыбгъуэтынущ зи цIэр фIыкIэ къипIуэ хъуну куэд, ауэ а псом япэ игъэщын хуейщ етIощIанэ лIэщIы­гъуэм псэуа Щэукъий Ахьмэд, Мысырым я усакIуэ нэхъ ин дыдэр», - апхуэдэу щит­хащ Луговской Владимир «Мысырым и усакIуэхэм я усэхэр» тхылъым хуищIа хэзыгъэгъуазэм. Тхылъыр 1956 гъэм Мэзкуу къыщыдэкIащ. Ар къызэIуех Щэукъийм и усыгъэмкIэ. Адыгэ лъэпкъым къыхэкIа нэгъуэщI усакIуитIми - Мыхьмуд Сами аль-Барудирэ Исмэхьил Сабрирэ - я усыгъэхэр ихуащ а тхылъым. Мысырым и усыгъэм классицизмэм щи­гъуэта зыужьыныгъэм Щэукъий­ Ахь­мэд и усыгъэхэр и лъагапIэщ икIи и дахапIэщ. Жылагъуэ гъащIэм къыщыхъу­ зэхъуэ­кIыныгъэхэр къигъэлъагъуэурэ, цIыху­хэр зы­­щIэхъуэпси, зыхунэсаи, абыхэм я гу­рыгъу-гурыщIэхэри зыубгъуауэ и тхыгъэхэм къыщиIуэтащ, иджырей цивилизацэм и мы­­хьэнэр япэ дыдэу къэзыгъэлъэгъуэфа хьэрып усакIуэхэми ар ящыщ зыщ. Хьэрып усыгъэм и гъэфIэныр, и шу па­шэр 1870 гъэм жэпуэгъуэм и 16-м Каир дэс адыгэ унагъуэ хуэщIам къыщалъ­хуащ. ЩIэныгъэфI зригъэгъуэтынымкIи зыщыщIэ щыIакъым. Ахьмэд и адэшхуэр Кав­­казым икIри Мысырым Iэпхъуат Му­хьэмэд-Алий щытеп­щэ лъэхъэнэм. Аббас Езанэм и зэманым таможнэу Мысырым иIам и унафэщI къулы­къур абы кърат. ИлъэсиплIым иту Ахьмэд пэщIэдзэ еджапIэм щIагъэтIысхьэ, и ныбжьыр илъэс пщы­кIутхум нэсауэ курыт еджапIэр къеух. «Си къуэм юристу къулыкъу ищIащэрэт», - жызыIэ и адэм йодаIуэри, ар щIотIысхьэ Мадрасат-ал-хукъукъым - хабзэм хуэлэжьэнухэм я лицейм. Щэукъий студенту усэ тхын щIедзэ, яфIэмыIейуэ абы и IэдакъэщIэкIхэр газетхэм традзэ. Тауфикъ хедивым и мылъкукIэ и щIэныгъэм хигъэхъуэну 1887 гъэм ар Франджым ягъакIуэ. УсакIуэ ныбжьыщIэм хаб­зэхэр щедж Марсель, Монпелье, Париж къалэхэм, гъунэгъуу нэIуасэ захуещI франджы литературэмрэ театрымрэ, музейхэр зрегъэ­лъагъу, Инджылызым макIуэ. «Алий-бек Щэджащэр» драмэр, адыгэ мамлюкхэм я псэукIам теухуар, абы Париж щетх. Франджы гъащIэм теухуауэ усэ Iэрамэрэ шыпсэхэмрэ мыбы къыщыдегъэкI. ИужькIи абы куэдрэ къыхуихуащ Европэм кIуэну. Мысырым и щIэныгъэлIхэм я лIыкIуэу «КъуэкIыпIэ къэралхэр зыджхэм» я дуней­псо конгрессхэм Щэукъийр тIэунейрэ хэтащ - зэм Женевэ щыщекIуэкIам (1894 гъэм), етIуа­нэм - Афинхэм щызэхэтам (1912 гъэм). 1892 гъэм Тауфикъ хедивыр дунейм ехыж­ри, тахътэм тетIысхьащ Аббас ЕтIуа­нэ Хьилмийр. ИпэкIэ тетахэм заригъэщхьу, абы Щэукъий Ахьмэд зрешалIэ, пщIантIэдэт усакIуэ ещI. «Хьэрып литерату­рэ­щIэм и тхыдэ» зыфIища и лэжьыгъэм академик Крымский А. Е. къыщыхегъэщ а гъэхэм Щэукъий мус­лъымэн диныр гъэ­лъэпIэным куэду зэрытетхыхьыр. УсакIуэм зэриукъуэдиймкIэ, а диным лъэпкъ Iэ­джэ­­хэр зэкъуэш зэхуищIырт икIи мус­лъы­­мэнхэм я жэнэт щIыналъэм хуэдэ щымыIэу хедивыр зи тет Мысырыр къигъэ­лъагъуэрт. Урыс академикыр адэкIэ щы­топсэлъыхь хабзэншэу Мысырым теп­щэгъуэр щызыубыда инджылызхэми, тырку­ ­сулътIан Абдул-Хьэмид ЕтIуанэми Щэу­къий Ахьмэд щытхъу «пшыналъэхэр» яхуи­гъэшу зэрыщытам. Ауэ иужькIэ а ­щытхъу нэпцIхэр усакIуэм и тхыгъэщIэхэм нэхъ мащIэ ­щохъу. ЕпщыкIубгъуанэ, етIощIанэ лIэ­щIыгъуэ­хэм я зэпылъыпIэм адыгэ щIалэм и усыгъэ лIэужьыгъуэхэр одэрэ элегие­рэт. Зым зэфIэкI зиIэ цIыхушхуэхэм щытхъу щахуи­гъэшырт, адрейм, зэрыхабзэти, нэщхъе­ягъуэхэр гущIыхьэу къыщигъэлъа­гъуэрт. Абы и диван «Аш-Щэукъийятыр» 1898 гъэм Каир къыщыдэкIащ. А тхылъым ихуат 1888 - 1889 гъэхэм итхахэр. И пэщIэдзэ псалъэм усакIуэр щытепсэлъыхьырт усыгъэр къызэрыщыхъум, къыщиIуэтэжырт и гъащIэр къызэрекIуэкIари. 1890 гъэм къыщыщIэдзауэ илъэс зыбжанэкIэ Ахьмэд и къалэмыпэм къыщIокI хьэрып пасэрей гъащIэм теухуа сюжетхэмкIэ итхыжа повестхэр, хъыбархэр. Гу лъыботэ «Жэщ минрэ зым» ижь абыхэм къа­зэрыщIихуами, классицизмэм и хабзэхэм ­тету ахэр зэрыузэщIами. ЕкIуэкI политикэм зыдезыгъэкIуф цIыхуу зыкъилъытэж пэтми, етIощIанэ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм Щэукъий Ахьмэд итха усэхэм яхыболъагъуэ империализмэм и бий Iуэху еплъыкIэхэри, мысыр цIыхубэр и щхьэхуи­тыныгъэм зэрыщIэбэнри. И лъэпкъым хуиIэ лъагъуныгъэр къыщыгъэлъэгъуа, гупсысэ куухэр къыщиIуа­тэ и усэхэм ящыщу тхы­лъеджэхэр ­нэхъ егъэпIейтей «Данышуай теу­хуа гукъэ­кIыжхэр» жыхуиIэм. Абы усакIуэм гуузу къыщеIуэтэж 1906 гъэм инджылыз зэрыпхъуакIуэхэм Данышуай жылэ цIыкIур Iис­раф зэращIар. Инджылызым и бийуэ гъэпсащ «Мустэфа Камал», «Нил», «Кромер деж», «Хэкур сфIэгуэныхьу» усэхэр. Иужьрейм усакIуэм щитхырт: Загъэбэлыхьми а зылъэкIхэм, Ер къыщытлъихьэм, дыхыфIадзэ. Сахэткъым ахэм я сатырхэм - ЗапыIузодзыр хьэIуцыдзхэм. Аргуэру соIуэ, си фIэщ хъууэ: МафIэсым щIы исар Зывэжхэм, бжьыр зытрадзауэ, Мылъку лейкIэ удэфар Хагуэну ялъэкIыну. 1914 гъэм дыгъэгъазэм и 8-м Британием хъыбар игъэIуащ Мысырыр и унафэм зэрыщIэувэмкIэ. Хедивыр ягъэкIуэдыжат. Инджылызым и бий тхыгъэхэр зэрытрыригъэдзам къыхэкIыу Щэукъий Ахьмэд къэралым ирагъэкIащ. ИлъэсихкIэ ар ирагъэхьэжакъым и хэкум. Андалусиер зи хэщIапIэ усакIуэр Iэджэуи хуэзэшырт фIыуэ ­илъагъу и лъахэм. Ар къыщеIуатэ а лъэхъэнэм итха усэ куэдым. Мысырым къигъэзэжа нэужь, Щэу­къий теп­щэгъуэр зыIэщIэлъхэм запищIэжакъым. УсакIуэр Iущ хъуат. Абы и нэгу щIэкIырт цIыхубэм я дуней еплъыкIэм икъу­кIэ зэрызихъуэжам, лъэпкъыр щхьэхуит щIыжыныр псоми я гухэлъу бэнэныгъэм зэрызыхуа­гъэхьэзырыр. Иджы, и напэр къемыдэуэжу, усакIуэм зыхуейр, и псэм фIэIэфIыр итх хъунут. И усыгъэ нэхъыфIхэри а зэманращ къыщигъэщIар. «Бэрэдэ псым теухуа уэрэд», «Властыр цIыхубэм етын!», «ЩIалэгъуалэм зыфхузогъазэ», «Хэку», «Нил аузыр зыщ» усэхэм, «Хуитыныгъэ плъыжь» поэмэм усакIуэм къыщеIуатэ КъухьэпIэмкIэ щыIэ къэралхэм зэрахьэ лейр, ялэжь мыхъу­мыщIагъэхэр, хьэрып къэралхэр зэкъуэувэу абыхэм я бжьыр зытрадзын зэрыхуейр. ЖызоIэ сэ: цIыхубэм властыр хуейщ къищтэн, ИтIанэ пщылIыпIэм дэ дыкъикIыжынщ, - щыжеIэ усакIуэм «Властыр цIыху­бэм ­етын!» зыфIища усэм. Щэукъий и пщIэм зиIэтырт, усакIуэшхуэу и хъыбарыр щIыпIэ жыжьэхэм щыIуат. ­Каир и «Пащтыхь оперэм» 1927 гъэм абы и щIыхькIэ къыщызэIуаха гуфIэгъуэ зэIущIэм КъуэкIыпIэ Гъунэгъум и къэрал псоми я лIыкIуэхэм зэдэарэзыуэ ар хахащ «Хьэрып усакIуэхэм я эмиру». ТхакIуэ цIэрыIуэ икIи критик Тахьэ Хъусейн, иужькIэ (1933 гъэм) «Хьэфизрэ Щэукъийрэ» лэжьыгъэр зытхам, а пщыхьэщхьэ гуимыхужым адыгэ щIалэм щхьэкIэ жиIат ар «муслъымэн Мысырым игъащIэ лъан­дэрэ къыщалъхуахэм я нэхъ зэчиифIэ дыдэу икIи Абу-ль-Ала Маари и зэманым къыщыщIэ­дзауэ хьэрып литературэм апхуэдэ усакIуэ къыщымыунэхуауэ». Абы ипэжкIи, 1925 гъэм, хьэрып IуэхухэмкIэ IэщIагъэлI, нэмыцэ Кампсмейр Геирг Мысырым щыIа нэужь, мыпхуэдэу итхыжат: «Мысырым щыпсэууэ хъуам я бзэгупэм телъщ Щэукъийрэ Хьэфиз Ибрэхьимрэ я цIэхэр»... Ардыдэр щыжеIэ «Мысырым и ныбжьхэр» зыфIища и тхылъым Америкэм щыщ еджагъэшхуэ Холл Том 1928 гъэм Нью-Йорк къыщыдэкIа а тхылъым и иужьрей едзыгъуэм а усакIуитIым фIыкIэ щатопсэлъыхь, инджылызыбзэкIэ езым зэридзэкIауэ я усэхэри тредзэ. Дунейм ехыжыным илъэс зыбжанэ нэхъ къэмынэжауэ, Щэукъий Ахьмэд драматургием зрет. Пэжщ, псэуху абы усэ тхыни щигъэтакъым. 1932 гъэм фокIадэм къызэ­Iуаха «Аполлон» литературэ хасэм ар и тхьэмадэу хах. УсакIуэ романтикхэр зэзышэлIа а хасэр сэбэпышхуэ хъуащ хьэрып усыгъэм зиужьынымкIэ. Ауэ а IэнатIэм ар пэрытакъым. 1932 гъэм жэпуэгъуэм и 4-м дунейм ехыжащ «хьэрып усакIуэхэм я эмирыр». И псэр пытыху Щэукъий Ахьмэд къа­лэмыр игъэтIылъакъым. Езыми гъащIэш­хуэ къыхуэнэжатэкъым, мазищ къудейт зэ­рыпсэужынур, фIыуэ илъагъу и ныбжьэ­гъуфI, усакIуэшхуэ Хьэфиз Ибрэхьим дунейм щехыжам. Ар и гум щIыхьауэ Ахьмэд етх «Хьэфиз Ибрэхьим и лIэныгъэм теу­хуауэ» усэр, гъыбзэ щIыкIэу гъэпсар. Езыр щымыIэжми, Щэукъий и усэ телъыджэр уахътыншэщ. Зэчиишхуэ зыбгъэдэлъа усакIуэм и гъащIэмрэ и псэукIамрэ хъыбар Iэджэ теIукIащ. Аль-Фахьури Хъаннэ зэрыжиIэмкIэ, къару иниплI бгъэдэлъати, а цIыхур адрейхэм яхуэмыдэ ­хъуащ. Япэ къа­рум къежьапIэ хуэхъурт ар хуабжьу зэрыгурыхуэр, абы и фIыщIэкIэ тхэным хуэIэзэ хъуащ. ЕтIуанэ къарууэ бгъэдэ­лъащ зэ зэхихар, зэджар щымыгъупщэжу игу ­ириубыдэфу зэрыщытар. Абы и щхьэм усэрэ уэрэду Iэджэ щихъумэрт. Ещанэу, Ахьмэд щыпсэуа лъэхъэнэм и цIыхут, и усакIуэт. ГъащIэм и къэхъукъащIэхэр куууэ зыхищIэрт. ЕплIанэ къарут зэ­рыгумызагъэр, зыри япэ иригъэщыну зэримыгугъэр. Фыгъуэртэкъым, ауэ хьэрхуэ­рагъ хэлът, зы усакIуи зытримыгъэкIуэну. Арагъэнщ абы щIыхузэфIэкIар мы дунейр къызэрыхъу­рэ сыт хуэдэ зэманми, сыт хуэдэ лъэпкъми къыщыунэхуа усакIуэшхуэхэм я нэхъ ин дыдэхэм ящыщ хъуну. ЗэфIэкIышхуэ зиIэ адыгэ щIалэр тхэн щыщIидза япэ зэманхэм ахъшэ хуримыкъущэу псэуащ. Абы къыхэкIкIэ хъер къызыпих усэхэр (щытхъукIэ лIыщхьэхэр «щIигъанэу») куэду итхащ. Ауэ абы куэдрэ жиIакъым зи гупкIэ исым и уэрэд. И акъылыр тIыса нэужь, лъэпкъым, хэкум, цIыхубэм яхуэлэжьэныр къалэн зыщищIыжауэ, и къалэмым тхыгъэ хьэлэмэтхэр къыщIэкIащ. Щэукъий, хьэрып литературэм къыдэкIуэу, Европэм ейри фIыуэ ищIэрт. Псом хуэмыдэу ар дихьэхырт франджы литературэм. Хьэзабым хэту гъащIэм и пэжыр къэлъыхъуэныр къызыхэщ и тхыгъэхэр къапщтэмэ, ахэр зыкъомкIэ ящхьщ Мюссе пэжыр къызэрилъыхъуэм. И лирикэр Ламартин ейм нэхъ хуокIуэ, псалъэ шэрыуэхэр къызэригъэсэбэпымкIэ Лафонтен нэхъ ещхьщ, и драмэхэм Корнель и пьесэ тхыкIэр уигу къагъэкIыж. Ауэ псом хуэмыдэжу Ахьмэд нэхъ пэгъунэгъущ ­Гюго Виктор. Франджы цIыхубэр хуитыныгъэм къэмылэнджэжу зэрыхуриджэм, хъыжьагъэ хэлъу ем зэрыпэщIэувэфым, и лъэпкъыр зыгъэин образ мыкIуэдыжынухэр къызэригъэщIым къадэкIуэу, зи гугъу тщIы франджы тхакIуэм бзэри Iэзэу игъэшэрыуэрт, и усэхэр гъащIэм къыщыхъухэм пэджэжырт. А псоми дихьэхат Щэукъийр. Шэч хэмылъуи, тхакIуэр зэрыщытын хуейм и щапхъэр абы щилъагъурт Гюго Виктор деж. ЗэхъуэкIыныгъэшхуэхэр дунейм ­къы- щыщыхъу лъэхъэнэм хиубыдащ Щэукъий Ахьмэд. ­И хэкум ирагъэкIын и пэкIэ зэрыпсэуа ­зэманыр, ирагъэкIа нэужь хузэфIэкIар, хэкум къигъэзэжа нэужь и Iуэху еплъыкIэхэм зэрызахъуэжар. Псори зэпэплъыта, зэбгъэпща нэужь, усакIуэм и IуэхущIафэр Iыхьищу зэпыбгъэщхьэхукI ­хъунущ: адрей усакIуэ­хэм запищIыжу щыщытар - зыуэ, тхэ­ кIэщIэм щыхуэкIуар - етIуанэу, и ­ поэ­зием щIэщы­гъуэу зыщиузэщIар - ещанэу. ГъащIэм и Iейри ифIри, цIыхухэм я псэукIэр къэзыгъэлъагъуэ къэхъугъэхэмрэ Iуэху­гъуэхэмрэ къэгъэсэбэпауэ, къэгъэлъэгъуэныр Щэукъий нэрыгъ ещI тхэкIэщIэм щыхуэкIуа, и усыгъэм зыщиузэщIа лъэхъэнэхэм. Ущие зыхэлъ, романтикэкIэ гъэнщIа, гумрэ псэмрэ зыхуэпабгъэхэм зыщаузэщIа усэхэм цIыхухэм къыхахын акъыл щагъуэтырт. Апхуэдэ зы усэм («ЩIэныгъэм хущIэкъум») щыщу мы сатырхэр ищхьэкIэ щыжыIахэм я щапхъэщ: Къэплъыхъуэжу уи пэжыр - утехьамэ уэ гъуэгу, Къаруушхуэ уимыIэм укъинэнущ утыку. «ЛIыгъэ зиIэр мурадым лъокI лъэIэсын, Мис апхуэдэм цIыхубэм и щытхъур лъысынщ. Псэм фIэфI псори бгъэзащIэу дунейм утемыт, Уохъу ухыгъэм и гъэр, Iэнэ шхын зытемыт. УлIэжынущ зэгуэр, ущымыщтэ абы... Абы хэт щышынами, мэхъу ажалым и пщылI. Щэукъий Ахьмэд и лъагъуныгъэ лирикэр зэмыплъыфэщ икIи удэзыхьэхщ. Абы зэм щызыхыбощIэ лъагъуныгъэ гуащIэм псэр хьэзаб зэрыхигъэтыр, зэм щызэхыбох гухэлъ дахэ зыIуатэ ныбжьыщIэхэм я макъ насыпыфIэхэр, зэми щыболъагъу нэ­гъуэщI цIыху фIыуэ зылъагъур щхьэжагъуэ хъуауэ гъащIэр фIэмыIэфIыжу. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, мы усэхэр: «Сэ сощIэж», «Пагэу ущызблэкIкIэ», «Си гум уихужыркъым», «Пощт маркI», «Махуэхэм я гъащIэр», нэ­гъуэщI куэдхэри. «Пагэу ущызблэкIкIэ» усэм щыщ мы сатырхэр плъыфэ дахэу зэрызэхэджар щыболъагъу: Уи нэкIухэм, нэхэм зэ Iуплъар КъэпIейтеинщ телъыджэ укъыфIэщIу, Жэнэтым къыщыхъунщ иплъа... Арщхьэ щыуэнщ... НэкIу дыхьэрэнхэр Жыхьэнмэ мафIэщ къыпщIэнэну. Лъагъуныгъэ къемыхъулIам цIыхур гуитI­щхьитI зэрищIыр къыхощ «Сэ сощIэж» усэм: Телъыджэ гуэр дунейм щыслъагъум, Уэ си гум укъокIыж. БлэкIар къызодэуэж. Сопыхьэ, сихьу лъагъуныгъэм - ПыIэгъуэ симыIэж. АтIэ хьэзабыр сыт щIэзгъэвыр, СэркIэ а уи гур мывэм? ГъащIэм къыщыхъу хабзэщ пщащэр куэдым я гулъытэм щигъэкIыу. «СощIэж» жыхуиIэ усэмкIэ Щэукъий фIыуэ илъагъуу щыта хъыджэбзым ирехъуэныж ар къызэрепэгэкIар: БлэкIащ щIэщыгъуэу гъащIэр щыдгъэкIуар, ПщIэжын зэгуэрым къысхуэкIуауэ тхьэ? Сыныпхуэзамэ, уи напIэр епхьэхауэ, СумыцIыхужу фэ зытыбогъауэ. Гулъытэ куэдым уэ ущагъэкIащ, ЗыкъыпфIэщIыжри, къаплъэнэф ухъуащ. Щэукъий Ахьмэд и IуэхущIафэм, лэжьыгъэм увыпIэшхуэ щеубыд дунейм и теп­лъэр, и къэхъукъащIэхэр, и хъугъэхэр, псэ зыпытым яхуэдэу, къэгъэлъэгъуэным. Абы къилъытэрт Iущыгъэшхуэ хэлъу дунейр зэтегъэувауэ икIи дунеягъэм и «щIыкIэ-ухуэкIэ» хъуар къызэриIуэтэным пылът. Щэукъий Ахьмэд, ищхьэкIи зэ­ры­щы­жытIащи, усэ тхыныр и къалэн нэхъыщхьэу ибжырт, псэухуи нэхъыбэу аращ зыхуэлэжьар. Ауэ абы къыщIэнащ пьесэфI зыбжани. Ар щыпсэуа лъэхъэнэм Мысырым и драматургиер къыкIэрыхурт. Академик Крачковский И. Ю. и «Тхыгъэ къыхэхахэм» (Мэзкуу - Ленинград, 1956 гъэм, ещанэ том) щетх: «ЕщэщIанэ гъэхэм усакIуэшхуэ Щэу­къий Ахьмэд аргуэру зэ къигъэщIэрэщIэжыну хуожьэ классикэ нэпцIыр зи ­щапхъэ трагедиехэр; хьэрып, мысыр пасэрей гъащIэм къыхихауэ абы итхащ пьесэ зыбжанэ («Клеопатрэ», «Камбиз», «Меджнун»­, «Анда­лу­сием и тепщэ гуащэ», нэгъуэщIхэри); иджыри къэс тепщэгъуэр мысыр литературэм щызыIыгъ классикэм тету усэ зэ­щIэ­жьыуэхэмкIэ тха зэры­хъуам къыхэкIыу ахэр хьэрып тхылъеджэхэм хуабжьу ягу ирохь». Дунейм ехыжыным мазэ зыбжанэ нэхъ­ имыIэжу Ахьмэд и «лъым и джэ макъ» зэхех, икIи къызыхэкIа и адыгэ лъэпкъым хуэфэщэн гуэркIэ етэну лэжьыгъэм зрет. НэхъапэIуэкIэ итха «Алий-бек Щэджащэр, е Мамлюкхэм я къэралыгъуэр» пьесэр, щищIалэгъуэм къемыхъулIауэ къилъытэр, щIэрыщIэу иузэщIыжыну йотIысылIэ. ПIэ­хэнэу зэрыщытым хуэдэу, усакIуэ сымаджэр илъэс ныкъуэкIэ псэхугъуэ имыIэу лэжьащ, и тхыкIэкIи, и щIыкIэкIи пьесэр зэрихъуэкIыжу, иригъэфIакIуэу. Пьесэм къыщыхъу Iуэхугъуэхэр Каир, Акъ­къэ, Силихьийе къалэхэм щокIуэкI. Ар топсэлъыхьыж адыгэ мамлюк ­СулътIан Алий-бекрэ абы и телъхьэ хъуахэмрэ Уэсмэн пащ­тыхьыгъуэм и бийуэ зыкъаIэту текIуэныгъэр къызэрахьам, Мысырыр хуит къызэращIыжам. Апхуэдэу абы къыхощыж Алий-бек и ­малъхъэ Мухьэмэд Абу-Зэхьабрэ мамлюк ­Мурад-бекрэ къызэрепцIыжар. Тхыдэ ­«къуэпс» кIуэцIрышам къещIэкIауэ, къыIущауэ драмэм дыщрохьэлIэ лъа­гъуныгъэ, щхьэхуещэ Iуэхухэми. Псалъэм папщIэ, гу­къинэж къыпщохъу Мурад-бекрэ гъэр цIыхубз Амалрэ я лъагъуныгъэр. А ­лъагъуныгъэр къызэщIэстурэ, зэуэ къызэ­поуд - фIыуэ зэ­рылъэгъуахэр зэдэлъхузэшыпхъуу къыщIокI. Мы тхыгъэм наIуэ къищIащ Щэу­къий Ахьмэд къызыхэкIа лъэпкъым и тхыдэми и псэукIами фIыуэ щыгъуазэ цIыхуу зэрыщытар. Абы адыгэхэм я шыфэлIыфэр IупщIу дегъэлъагъу, лъэпкъым и хьэл-щэныр, и псэукIамрэ и зэхэтыкIамрэ ди ­нэгу щIегъэкI. Апхуэдэуи тхакIуэшхуэм ибзыщIакъым мамлюк къэралыгъуэми лей щызекIуэу, гъэпцIагъэ щызэрахьэу зы зэман къызэрекIуэкIар. Хьэрып усыгъэм и дахапIэр къэзыгъэ­щIа усакIуэшхуэм мы тхыгъэр и ехъу­лIэ-­­ ныгъэшхуэу къабжащ ар фIыуэ зылъа­гъу­хэм. Абыхэм къалъытащ ар усыгъэм и телъыджэу, Iэзагъышхуэ хэлъу гъэпсауэ. Щэукъий Ахьмэд и драмэхэм гъэсэныгъэ и лъэныкъуэкIи мыхьэнэшхуэ яIэщ. Абыхэм къыщыгъэлъэгъуащ цIыхур зэрыщытын хуейр, абы и хьэл-щэн нэхъыфIхэр - акъы­лыфIагъыр, пагагъыр, лIыхъужьыгъэр, хэкур фIыуэ лъагъун зэрыхуейр, хуитыныгъэр хъумэным, пщылIыпIэр гъэкIуэдыным яIэ мыхьэнэр, нэгъуэщI куэди. Хьэрып драматургием и «адэу» Щэу­къийр игъащIэкIэ щытынущ, сыту жыпIэмэ, иджырей театрым хуэлэжьэн ар ищIащ, пасэрей фащэжьыр щихри, къэунэху гъащIэм екIун «щыгъын» щитIэгъащ. Аль-Фахьури Хъаннэ «хьэрып усакIуэхэм я эмирым» мы дунейм щиубыд увыпIэр щиубзыхукIэ жеIэ: «Ар цIыху щэджащэщ, абы къыщымынэжу, Тхьэм псом я лейуэ хиха усакIуэщ, дунейм усакIуэшхуэ дыдэу къытехъуахэм нэхърэ мынэхъ цIыкIуу, ауэ и зэчийм щыщ куэд абы пщIэншэу игъэкIуэдащ зы­хуейр итхыну щыхуимыта лъэхъэнэм». МыкIуэдыжын образхэр, усыгъэ хьэ­лэмэтыщэхэр зи къалэмым къыщIэкIа тхакIуэр дуней псом къыщацIыху. Къуэ­кIыпIэ Гъунэгъум уей-уей щыжезыгъэIа, хьэрып усыгъэр къэзыгъэщIэрэщIэжахэм ящыщ зы, тхакIуэхэм я щапхъэ хъуа, ноби куэдыр зыдэплъей усакIуэшхуэщ Щэукъий Ахьмэд. Абы и усыгъэхэр мыкIуэдыж фIыгъуэу игъащIэкIэ яIэнущ Мысырым ис цIыхухэм. Захъуэжынщ зэманми дунейми, къызэкIэлъыкIуэнщ щIэблэщIэхэр, ауэ зэи къэхъункъым поэзие нэсым, Щэу­къий Ахьмэд къыбгъэдэкIам, хьэрыпхэр димыхьэхыжу, и хэкуэгъухэм яфIэмыIэфIу. ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, Урысей Федерацэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "416.txt" }
«ЛIэныгъэмрэ псэуныгъэмрэ зэпызыщIэ вагъуэ» Адыгэм нэщэнэ иIэщ: махуэ плIыщI фIэкIа псэуну къызыхуэмынэжа цIыхум и нэ вагъуэр имылъагъужу. Ауэ хэт ар зигу къэкIыу и нэ вагъуэр илъагъу-имылъагъу махуэ къэс зэхэзыгъэкIыр?! ЛIэныгъэм ехьэлIа гупсысэм куэдыр щощтэ, апхуэдэ гупсысэм зыпыIуадз, гъунэгъу зыхуащIын мэшынэ. Ауэ! ЛIэныгъэм емыгупсысыр езыр абы гъэру иIыгъхэрщ. Гува-щIэхами лIэныгъэр дэтхэнэми къызэрытщIэлъым арэзы техъуарщ хуиту псэур! Философ гуэрым жиIащ «Философие гупсысэ уи­Iэныр - лIэныгъэм зебгъэсэнырщ». Пэжуи, гъащIэри лIэныгъэри и гупсысэм къизыгъэзэгъэфырщ философ нэсыр. Уса­кIуэр-щэ?! Дауэ зыхищIэрэ абы лIэныгъэм ехьэлIа гупсысэр? Апхуэдэ гупсысэхэр щыпхышащ Ацкъан Руслан и усыгъэм. ЦIыху къызэрыгуэкIым зыхимыщIэф гурыщIэхэмкIэ тхьэр къыхуэупсащ Ацкъан Руслан, абы елъагъу, зэхех, зыхещIэ адрейхэм я гум къэмыкI куэд. Апхуэдэу, абы къелъа­гъуф жэщ фIыцIэ кIыхьыр хьэлъэу зэры­бауэр, зэрыщэIур икIи къыгуроIуэ, ар и кIэухым нэса зы Iуэхугъуэу зэрыщытыр. Нэху щымэ, нэгъуэщIхэм жаIэнщ апхуэдэ зы бэлыхьи жэщыр хэмытауэ. Ауэ усакIуэм ищIэркъэ нэхулъэр къызэкIэщIитхъыху, псэ гуэр пщэдджыжьым зэрыпэплъар - арат къезыгъэлыфыну щыIэр. Унэм и образыр цIыху гупсысэм хэтщ ­дунейр къызэригъэщIрэ. Абы хуокIуэ Ац­къан Руслани - щхьэгъубжэ зыхэмылъ унэм и образ лъэщ къегъэщI. Щхьэгъубжэншэ унэм и образымкIэ къегъэлъагъуэ гъащIэр зыхэзымыщIэ, мыгуфIэф икIи мынэщхъеиф, и пIэм ижыхьа, дунейр зымыгъэщIагъуэ псэ. Апхуэдэ щы­ты­кIэм итым гъащIэ иIэнкIэ угугъэ хъужынукъым. Къэбэрдей поэзиер лIэныгъэм апхуэдэу гъунэгъуу япэу бгъэ­дыхьауэ аращ а образымкIэ. Ди усакIуэхэм я нэхъыбэм я тхыгъэр ухуащ зыгуэрым тепсэлъыхьрэ - къызэпкърахыу, а къы­зэпкъ­рахам - жэуап пыухыкIам хуагъэкIуэжу. Ацкъаным и усыгъэр нэгъуэщIщ. Ар зэпымыууэ зыгуэрым щIоупщIэ, мэлъы­хъуэ, ауэ жэуапым хуэкIуэркъым. Нэхъыщ­хьэращи, ар сыт щыгъуи зыгуэр мэлъы­хъуэ. УсакIуэ псори зытетхыхь Iуэхугъуэхэр Ацкъаным щIэщыгъуэу, зыми хэмыгъуэщэну дегъэлъагъу. И дэтхэнэ усэми къызэпхопс гу къабзагъэ, щабагъэ, ­гуапагъэ. Зытетхыхьыр апхуэдизу IупщIу уи нэгу къыщIегъэувэфри, уеблэмэ, уIэбэмэ улъэIэсыну къыпфIощI. Ацкъаным и усыгъэ куум куэдрэ ущыIуощIэ лIэныгъэм ехьэлIа гупсысэм. Абы сабиигъуэм, щIалэгъуэм щытепсэлъыхькIи, насыпыр къыщилъыхъуэкIи, жьыгъэм щынэскIи, щIыуэпсым, зэманым защыхуигъазэкIи, лъагъуныгъэ къыщылъыскIи. ЛIэныгъэм ехьэлIа гупсысэхэр къыдоуей, дыгъэр щыкъу­хьэж­кIэ, жыгым тхьэмпэр щыпыхукIэ, псыр щежэхкIэ, гъуэгур щабгынэкIэ, пшэр щыкIуэдыжкIэ, жьыбгъэр щыблэкIкIэ, мы­вэр щыкъутэкIэ, жыгыр къыщраудкIэ, дунейр щым щыхъукIэ, ныбжь щытридзэкIэ, уэшх къыщешхкIэ. Псом хуэмыдэу къытрагъазэ щIыIэм, жэ­щым, бжьыхьэм, жыгым я образым. ЩIыIэм ажалым узэрыхуишэм девгъэп­лъыт: Хуабэр Iэпкълъэпкъым хокIыр, зыхэс­щIэу, ткIуэпс щIыIэ хуэдэщ щIыхьэ фэ щIагъым… Псыр зыгъэщIыIэм щыщ гуэр къысхохьэ, гурыщIэ пщтырхэр игъэупщIыIужу. Си псэр кIуэжыну зэми къытохьэ, унэ зэриIэр и фIэщ ищIыжу. ЩIыIэмрэ кIыфIымрэ зэщIэту къы­щы­кIуи урохьэлIэ: ЩIыIэми, кIыфIыгъэми сосэж, лъагъуэ къыспэщылъым сегупсысу. ЩIыIэр гъусэ яхуохъу жэщымрэ бжьы­хьэмрэ. Мыри гъэщIэгъуэнщ: ажалым щепсалъэкIэ Ацкъаным и усыгъэм къыхы­хьэр щIымахуэркъым, атIэ бжьыхьэрщ: СыIусщ щхьэгъубжэм. Бжьыхьэ жэщщ. ЩIы цIынэм хохуэ тхьэмпэ псыфхэр. Аргуэру си гум къихьэжащ щытар ныбжьэгъум я нэхъыфIу. Ацкъаным и усыгъэм жыгым и образым увыпIэшхуэ щеубыд. Жыгыр фIыуэ ­елъагъу икIи тотхыхь и пкъыгъуэ псоми: и лъабжьи, тхьэмпи, къудами, и щхьэкIи… Уса­кIуэр мэгузавэ, жыгыр пхъэ гъэсыныпхъэу щраудкIэ, къэна жыг дакъэр сыным ирегъэщхь: Мэгъу щыму жыг дакъэр. Жэуапым иджыри сэ куэдрэ сежьэнщ. Сигу къокI: мыпсэу жыгхэр гузавэу, я гугъэу зэгуэр дыпIыщIэн… Тхьэмпэм хэт тхыпхъэр мэпсалъэ. Ар зэ­хэзыхыфри мащIэщ. УсакIуэр ар зыхи­щIэми къыщымынэу, езыр тхьэмпэм йопсалъэ: Жыг тхьэмпэ, щхьэ ухэплъэрэ? Укъыпысчынукъым, нэху. Упызгъэтынщ, ущIэсIэтэу. Езыми зыпумыгъэху. Ацкъаным нэхъыбэу усыгъэм къыщигъэлъагъуэ щытыкIэр къэпхутэну и ужь ущихьэкIэ, гу лъыботэ «зэхуакум дэт» щы­тыкIэ: гъащIэмрэ лIэныгъэмрэ, бжьы­хьэмрэ щIымахуэмрэ, уафэмрэ щIы­лъэм­рэ. Дыгъэмрэ вагъуэхэмрэ я зэхуаку къы­дэна псэм къыфIощI абы я щэху гуэрым лъэIэсауэ: Дыгъэм и лъэужьыр егъэсыж, Вагъуэм и лъэужьыр егъэпщкIуж. А тIум я кум псэм зыщеухыж, Я щэху гуэр лъэIэсу къыщыхъужу… Укъызытехъуа щIыгур игъащIэкIэ убгынэн гупсысэр егъэлеяуэ хьэлъэщ. ЛIэныгъэр къылъэщIэмыхьэ щIыкIэ губгъуэм, бгыхэм яIуплъэжыну хуейщ лIыхъужьыр: Аргуэру зыщаущэхуу пшэ-тхъурымбэм, ди къуршхэр зэрагъэпскIым сегъэп­лъыж. Жыг хужьхэр щыпхысыкIкIэ жэщ кIыфIыгъэм я ужьым ситу зэ сыгъэущыж. Мыри гъэщIэгъуэнщ: Ацкъаным и усыгъэм жьыкIэфэкIэмрэ жьыгъэмрэ щызэ­пэ­щIэуэу къокIуэ. Япэм егъэгуфIэ, етIуа­нэм егъэнэщхъей. ЖьыкIэфэкIэм дунейр хуэныкъуэщ, абыхэм Iущыгъэ куэду ­якъуэлъщ. Ауэ усакIуэр езыр пIащIэркъым, жьы хъуну - хуейкъым. ЩоджэнцIыкIу Нинэ, филологие щIэныгъэхэм я доктор.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "417.txt" }
И плъапIэмрэ и гурыщIэмрэ гъунэншэщ Дунейпсо литературэм и «губгъуэшхуэм» уи вагъэбдзумэ щыпхыпшыныр, дунейпсо усыгъэм и уафэгум зыми емыхь уи вагъуэ щыпыбгъэнэныр Iуэху джэгукъым. Уеблэмэ ар зэхэгъэкIыпIэ нэхъ ткIий дыдэхэм ящыщщ. Апхуэдэу щытми, къалэмыр Iэпэгъу зыхуэхъуахэм яхэту къыщIэкIынкъым а къалэн гугъум, мащIэ-куэдми, зыгуэркIэ пэлъэщыну къимыгъэгугъэ. Арыншамэ, зэрыгурыIуэгъуэщи, ущIэтхэни щыIэкъым. АрщхьэкIэ усэ зытх псори усакIуэкъым. Усэр зэрытха бзэр фIыуэ зыщIэ дэтхэнэми усыгъэр къыгурыIуэу къэплъытэныр зэрыщхьэгъэпцIэжым ещхьыркъабзэу, усэ ухуэкIэм уи гупсысэр къибгъэтIасэ къудейкIэ зэфIэкIыркъым усыгъэ нэсым и Iуэхур. Усэр, къызэрыгуэкI псалъэкIэ мыхъуу, усэбзэкIэ тхауэ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, литературэм и художественнэ IэмалхэмкIэ «хуэпауэ» щытыпхъэщ. Ауэ абы и закъуэкъым. Нэхъыщхьэращи, абы хэлъын хуейщ усыгъэ зыщIыж мафIэ. Усэр, уакъылыфIагъкIэ къыбгурыIуэнукъым, ар цIыхупсэм хэгъэпщкIуа гурыщIэ малъхъэдисхэм зыщIашэ шэху хьэлэмэтыщэщ. ИкIи зи гум дахагъэ къыщыуша, зи акъылым зиузэщIа, дунейпсо классикхэм я фIыпIэм щыгъуазэ тхылъеджэрщ а «щэху хьэлэмэтыщэм» гухэхъуэ къызыхуихьынур. Зэчий зиIэ усакIуэхэр куэд зэрымыхъум ещхьыркъабзэу, апхуэдэ тхылъеджэхэри мащIэ дыдэщ. КIэщIу жыпIэмэ, усыгъэм езым и хабзэрэ и щэхурэ иIэжщ. ИкIи, куэдым загъэусакIуэ щхьэкIэ, зи IэдакъэщIэкIхэр ипэжыпIэкIэ усыгъэ нэсым и мэсхьэбым къитIасэхэр закъуэтIакъуэххэщ. А закъуэтIакъуэххэм, Тхьэр зыхуэупсэу усэныр зи натIэ къритхахэм, ящыщщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэрал саугъэтым и лауреат, КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ Ацкъан Руслан. Сэ мы тхыгъэ кIэщIым зыубгъуауэ сыщытепсэлъыхьыфынкъым Ацкъаным и зэфIэкI псом. Ауэ и усыгъэм хэлъ нэщэнэ зыбжанэм сыкъытеувыIэнщ. Руслан и усэхэм укъыщеджэкIэ, дахагъэр щытепщэ дуней телъыджэ укъыщохутэ. А дунейр, нэпсым, псынэпсым, сабийпсэм, япэ лъагъуныгъэм къыдэуш гурыщIэ хейхэм ещхьыркъабзэу, къабзащэщ. Тхэн зэрыщIидзэрэ Руслан зы хьэлым тетщ: кIий-гуом зыдригъэхьэхыркъым. языныкъуэхэм ещхьу, щымыIэ къигупсыскIэрэ, зэбгъапщэ мыхъун гуэрхэр зэригъапщэкIэрэ, псалъэ дыгъэлхэр къигъэсэбэпкIэрэ, и усэхэр «цIуугъэнэ» ищIыну хэткъым. Абы и лирическэ лIыхъужьыр, ухуей-ухуэмейми, къоущиехэм ящыщкъым - гуапэу, щабэу, и щхьэ урилъыту къыбдоуэршэр. Ар уи гуфIэгъуэр къыбдэзыIэт, уи гуауэр бдэзыгъэпсынщIэ, хэкIыпIэншэу укъыщынэхэм деж чэнджэщ щхьэпэ зыщыбгъуэт, пцIым пэжыр, мысэм хейр, кIыфIым нэхур, залымыгъэм цIыхугъэр зэрытекIуэнур уи фIэщ зыщI, дахагъэм укъыхуэзыгъэуш, фIым укъыхуезыджэ ныбжьэгъуфIщ. И дзыхь къуигъэзынущ, уигъэпэжынущ, ныбдежьэнурэ уи гъуэгум пкIэлъей къыпхуридзу къыбдекIуэкIынущ, хуей хъумэ, шыгъу пути къыбдишхыфынущ. Езыри хуейщ апхуэдэ дыдэу укъыхущIэкIыну. Хахуэщ, пэжым и телъхьэщ, цIыхухэр фIыуэ зылъагъущ, зи щхьэм пщIэ хуэзыщIыжщ, уIэгъуафIэщ, гущIэгъулыщ - кIэщIу жыпIэмэ, цIыхум цIыхукIэ щIеджэж хьэл-щэныфI псори зыдэплъагъущ Руслан и лирическэ лIыхъужьыр. Ар яхуэгуапэщ псэ зыIуту мы дунейм тет псоми - хьэпщхупщым деж къыщыщIэдзауэ цIыхум деж щиухыжу. ГурыщIэ къабзэр, гупсысэ нэхур къызэрыIуэтапхъэр езыхэм яхуэфэщэжын псалъэ хэщыпыхьахэмкIэщ. Руслан и усэхэм псалъэ быркъуэшыркъуэ ущрихьэлIэркъым. Уэрэдыжьым зы псалъэ хэбдзмэ, и пIэм нэгъуэщI зэрыпхуимыгъэувэнум хуэдабзэу, абы и псалъэ къэс и пIэм итыжщ, къызыхураджа къалэныр игъэзащIэу. Ацкъаным и гупсысэмрэ и гурыщIэмрэ, дунейм ещхьыркъабзэу, гъуни нэзи яIэкъым. ИгъащIэ лъандэрэ цIыхум къыдэгъуэгурыкIуэ Iуэхугъуэхэм: гъащIэм, ажалым, лIыгъэм, пэжыгъэм, гуапагъэм, лъагъуныгъэм - а псоми бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэ къахуегъуэтыф, куэдым зыщыгъуазэу я гугъэж гупсысэр лъэныкъуэщIэ гуэркIэ къегъэхъуэпскIри, гу зылъумытэм лъыуигъатэу, и нэкIэ урегъэплъыф. Ар, шэч хэмылъу, Iэзагъэ нэсым и нэщэнэщ. ГъащIэм и хабзэхэм фIыуэ зэрыщыгъуазэрщ, зэманым и нэщэнэ нэхъыщхьэхэр къызэриубыдыфырщ, цIыхупсэм и щэхухэр къызэриIуэтэфырщ Ацкъаныр усакIуэ пажэхэм я сатырым лъэ быдэкIэ хэзыгъэувар. Дунейр къызэрыунэхурэ усэ ятх. АрщхьэкIэ зэманым и кхъузанэ ткIийм IэщIэкIыркъым усэ «хуэнщIейхэр». Усыгъэ нэсым и щапхъэхэрщ абы икIыу дунейм къытенэр. Апхуэдэхэр, цIыхур дахагъэм къыхуагъэушу, фIым хуаузэщIу, игъащIэкIэ къэгъуэгурыкIуэнущ. Нобэ зи ныбжьыр илъэс 70 ирикъу Ацкъан Руслан и усэ куэд цIыхухэм яIурылъщ. Си гуапэщ, гукъыдэжрэ дэрэжэгъуэрэ иIэу, ар дяпэкIи и лъэпкъым хуэлэжьэну, зэманым и нэпкъыжьэ зытелъ усэ купщIафIэхэмкIэ усыгъэ нэсым хуэнэхъуеиншэхэр игъэгуфIэну. Куэдрэ упсэуну, упсэухукIи уусэну, Руслан! МЫКЪУЭЖЬ Анатолэ, «Iуащхьэмахуэ» журналым и редактор нэхъыщхьэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "418.txt" }
Адыгэшыр урысей шы лъэпкъыжьщ Лъэпкъыр зэрыгушхуэ Адыгэшыр уанэш лъэп­къыжь дыдэхэм ящыщщ. Абы и цIэм ущрохьэлIэ шы зехуэным теухуауэ дуней псом щызекIуэ псалъалъэхэм. Шым зэрихьэ цIэм IупщI ещI ар къызэзыгъэпэща лъэпкъым лъыкIэ зэрепхар, адыгэ гъащIэм илъэс мин бжыгъэкIэ пыщIауэ къызэрекIуэкIар. Адыгэшыр адыгэ лъэп­къым и набдзэщ. Лъэпкъым лIэщIы­гъуэ Iэ­джэ ­тригъэкIуэдащ ар къы­зэфIигъэувэным. Шы гъэхъунри абы ­епха ­псори адыгэм дунейпсо щэнхабзэм хуищIа хэлъхьэныгъэшхуэщ. Къэбэрдейр Урысейм и Iыхьэ зэры­­хъурэ адыгэшри къэралыр къы­зэрацIыху нэщэнэхэм ­ яз хъуащ. Аращ шыр зэра­гъасэри, зэрагъашхэри, шум зэрызихуапэри, шу­гъэ­джэгури, шыгъа­жэ­ри, шу зекIуэхэри, къинэ­мыщIхэри щIэныгъэ и ­лъэныкъуэкIи арыххэу зэ­рыгъэщIэгъуэн къудейм къы­хэкIыуи щэн­хабзэ щхьэхуэ щIэхъуар. Адыгэшыр зэрацIыхур ­зауэм къыщысэбэп зекIуэшущ. Адыгэхэр зауэ губгъуэм къыщыщхьэпэн, къы­­зэрымыкIуэ ха­хуагъ зыхэлъ, къуакIэбгы­кIэхэм щызекIуэныр къызэ­мы­хьэлъэкI шы бэшэч хуэ­ныкъуэти, а псори я лъэп­къышым хапщэфащ. ЛIэщIыгъуэ зыбжанэкIэ, 1917 гъэм къэхъуа революцэр къэсыху, адыгэшым урыс армэм, урыс пащ­тыхь­хэм я шуудзэм щIэуп­щIэшхуэ щаIэу къе­кIуэ­кIащ. 1830 гъэм Николай IV и унафэкIэ Кавказ-Бгы­рыс эскадрон ныкъуэ жы­хуаIэ шуудзэр къызэрагъэ­пэщауэ щытащ. Абы хэта зауэлIхэр Кавказ пщы-уэркъхэм ящыщт, нэхъы­бэр урыс императорым деж къулыкъу щызыхь къэ­­бэрдей щIалэхэт. Пащ­тыхьым и Iэгъуэблагъэм гъэлъэгъуэныгъэ гуэрхэр щекIуэкIыху, абыхэм шууей IэщIагъэхэр, шыгъэджэгу Iэмал къызэрымыкIуэхэр къагъэлъагъуэрт. Мис апхуэдэ зы хъыбар, ЩIымахуэ Сэрейм деж франджы зыплъыхьакIуэ Хюстин А. и нэгу щыщIэкIауэ. Ар итщ «Николай и Урысейр» тхылъым: «Сыхьэтыр пщыкIузым деж зиусхьэнымрэ ­пащтыхь гуащэмрэ шордакъым къытеувати, абдеж дыдэм Шэрджэс гвардием щыщ щIалэхэм я азиеш ахъырзэманхэмкIэ шы гъэджэгукIэ щIагъуэ дыщыIуагъэп­лъащ». Урыс-Кавказ зауэм хэ­та къэзакъхэм я дежкIэ адыгэш зэбгъэпэщыныр ехъу­лIэныгъэшхуэт. Ады­гэ­­шым и уасэр ящIэрти, абыхэм къэбэрдейхэм я шу хабзэхэри зыхалъхьащ, шы тесыныр тынш зыщI адыгэ цейм и гугъу умыщIыххэ. Урыс уэркъ лъапсэ къэс езым и адыгэш иIэжыныр пщIэ зыпылъ Iуэхуу къалъытэрт. Урыс усакIуэ Лермонтов Михаил сурэт куэд къыщIэнащ шууей къигъэ­лъагъуэу. УсакIуэм шэч хэмылъу хэдэкIэ ищIэрт, ады­гэшхэми фIыуэ хи­щIы­кIырт. Абы и тхылъ цIэрыIуэ «Ди зэманым и лIы­хъужьым» хигъэува ­Печорин и шым фIищар Черкест, езы Печоринми адыгэ шум хэлъ хабзэхэр хэлът. Вальцов Дмитрий 1913 гъэм итха «Першинская охота» тхылъым къыщыхегъэщ джыназышхуэ Николай и лъапсэм хьэ ­365-рэ, арден шы лъэпкърэ адыгэшу 70 щызэрахуэу зэ­рыщытар. Япэ дунейпсо зауэм хэта урыс армэм адыгэш куэд иIащ. 1950 гъэм Мишин Г. М., Калинин Р. Е. сымэ мып­хуэдэу ятх: «АдыгэшкIэ узэда шуудзэр тыншу бгылъэ щIыпIэхэм, псып­цIэхэм пхыкIырт, ауэ щыхъукIэ КъухьэпIэ Европэм щыщ шэщым щIэту яхъу­ма шыхэр хэкIуадэрт е зе­мыкIуэжыф хъу­хэрти, ­гъуэгу здэщы­мыIэ щIыпIэхэм къы­щы­сэ­бэп­хэр­тэкъым». 1950 гъэхэм пщIондэ Совет Союзым адыгэшыр куэд дыдэу щагъэхъуу щытащ. 1946 гъэм Мэзкуу ипподромым Урысейм ща­гъэхъуа шыхэр километр 250-кIэ къыщызэдагъа­жэм щыгъуэ, япэ увыпIэр адыгэш Али-Къадым къихьауэ щытащ. Мишинымрэ Калининымрэ ятхыжырт: «Адрей шы лъэпкъхэм щыщхэр ­гъуэгуанэм зды­те­тым щIакъуэ хъухэурэ зым и ужьым адрейр иту хэкIыху, Али-Къадым шы зыбжанэ и гъусэу и кIэм ­нэсри япэ увыпIэр къихьащ». Хрущёв Никитэ и лъэхъэнэм зэрыкъэралу шы гъэхъуныр щыкъуалъхьэжа зэманым, адыгэшми лей къытехьэри, и бжыгъэми фIыуэ хэщIат. Iуэхум хэ­зыщIыкI, зи псэр етауэ лэжьыгъэм бгъэдэт закъуэтIакъуэхэм я фIыгъэщ адыгэшыр щахъу­мэ­фа щIыпIэ зыбжанэ къы­­зэрынар: Къэбэрдей-Балъкъэрым, Ставро­поль, Краснодар крайхэм. 1949 гъэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и унафэкIэ шыхъуэхэу Бырс Анзор, Къалмыкъ Хьэжмурат, Щоджэн ТIэлашэ сымэ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь цIэр къыфIа­щауэ щытащ. 1990 гъэхэм ди къэралым зэуэ унэтIыныгъитI къы­щежьат: зы лъэны­къуэкIэ шы бжыгъэр жылагъуэм щыхэщIат; адрей лъэ­ны­къуэкIэ нэрыбгэ щхьэ­хуэхэм езыхэм я гукъыдэжкIэ шы Iуэхум зрагъэужьыжын щIа­дзэри, ады­гэшыр щызэрахуэ заводыщIэхэр, къэрал хабзэкIэ лажьэ IуэхущIапIэ щхьэхуэхэр къэунэхуащ. Адыгэшыр Урысейм щы­зэрахуэ шы лъэпкъыфI ­зыбжанэм къежьапIэ яхуэхъуащ. Ар къыхагъэ­щауэ щытащ ищхьэкIэ зи ­гугъу тщIа Мишинрэ Калининрэ: «Урыс шы­хъуэхэм хэкум щызекIуэ шы лъэп­къыфIхэм уасэшхуэ ­хуа­гъэувырт. Псалъэм ­пап­­щIэ, «ростопчинскэ», «стре­­­лецкэ» шы лъэпкъхэр щызэфIагъэувэм щы­гъуэ, адыгэшыр ­къагъэщхьэпащ, абы и ­къарур, и бэшэчагъыр, и ­быдагъыр, куэд зэрытемыкIуадэр, зэ­рып­сэукIафIэр ящIэрти. ­Нэхъ убгъуауэ адыгэшыр хэтащ «донской» шы лъэпкъыр щызэфIагъэувэми». Дигу къэдгъэ­кIыжыпхъэщ ады­гэшым и уасэ мыкIуэдыжыр «инджылыз-адыгэ» шы лъэпкъым ­хэпща зэры­хъуари. Дызэрыт зэманым Аникеев Сергей зи унафэщI, Адыгэшым и Урысей Ассоциацэ мэлажьэ. Абы езым къызэригъэпэщыжауэ Ставрополь крайм адыгэш щигъэхъу завод щиIэщ. Ассоциацэм нэрыбги 100 хэтщ, Урысейм къудамэ зыбжанэ щиIэщ, хамэ къэралхэм - къудамибл, Франджыри Германиери яхэту. Адыгэшыр гъуэгуанэ кIы­хьым тещIыхьа шыгъа­жэхэм хагъэтщ. Ар хэту зекIуэ убгъуахэр екIуэкIащ Iуащхьэмахуэ лъапэ щегъэжьауэ Тыркум, Иорданием, Сирием нэсу. 2014 гъэм адыгэшыр хэтащ Пиреней бгыхэм щегъэ­жьауэ Ла-Манш нэс, километр 1300-рэ хъу зекIуэм. Нобэ и гугъу тщIыпхъэщ адыгэшыр я фIэщу зэрызэфIагъэувэжым. Псом нэхърэ нэхъыщхьэр ар къызыфIэIуэху цIыху зэ­рыщыIэрщ. Паспорт зиIэ шыхэм я бжыгъэр мини 4.500-м ­нэсащ. УФ-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къуэ­дзэ Рыж­ков Олег франджы лIы­кIуэхэр 2017 гъэм и накъыгъэ ма­зэм Къэбэрдей-Балъкъэ­рым къригъэб­лэгъауэ щытащ: Париж къикIыу шыкIэ Мэзкуу къэкIуа шууей телъыджэ, тхакIуэ, журналист Гуро Жан-Луи; шым теу­хуа тхылъхэр къы­дэзыгъэкI унагъуэм щыщ Анри Гийом; «Джеймс Филлис. Европей шууей» тхылъыр зи IэдакъэщIэкI Кортес Габриэль сымэ. Ахэр Къэбэрдей-Балъкъэ­рым и щыхьэр Налшык ­къа­кIуэри, ипподромым щы­­Iащ, шыгъажэми хэтащ. Псом хуэмыдэу хьэщIэхэм ягъэщIэгъуащ гъэмахуэм шы гуартэхэр щагъэхъу ­Бахъсэнрэ ДзэлыкъуэкIэ щыIэ губгъуэхэр. Малкэ заводым зэIущIэ гукъинэж куэд щекIуэкIат. Пасэрей шэщ хьэлэмэтхэр ща­хъумэфащ а щIыпIэм: 1870 гъэм яухуа Шэщ Хужьымрэ Шэщ Плъыжьымрэ, шыхэм щеIэзэ щIыпIэр. Ахэр шы зехуэным и тхыдэм и хъугъуэфIыгъуэу къэп­лъытэ хъунущ. А шы заводым и ныбжьыр лIэщIыгъуэрэ ныкъуэрэ ирокъу. Шы лъэпкъыфIым и бжыгъэм и закъуэкъым ар зэ­рыкъулейр, атIэ зи лэжьыгъэм псэкIэ ета цIыхухэу а беягъэр къызэзыгъэ­пэщхэрщ. Апхуэдэщ Малкэ заводыр илъэс куэд ­хъуауэ зи IэмыщIэ илъ Уэрыш Залым. Ар шы гъэхъуным фIыуэ хэзыщIыкI щIэныгъэлIщ. Абы и адэшхуэ КIуэкIуэ Хьэрэбий илъэс 60-кIэ а завод дыдэм гъэсакIуэу щылэжьащ, и анэ дэлъху КIуэкIуэ Анатолий а IуэхущIапIэм и унафэщIу илъэс зыбжанэкIэ щытащ. Апхуэдэу шым елIэлIэн Iуэхур ныбжькIэрэ зэIэпахыу къокIуэкI. Ди жагъуэ зэрыхъущи, адыгэшым и Iуэхур республикэм къыщызэфIэувэжыпауэ пхужыIэнукъым, сыту жыпIэмэ, гупыж зиIэ зыбжанэм я къарукIэ Iуэхур зэфIэкIынукъым, къэ­ралым зыкъыщIимы­-гъакъуэу. Ауэ цей зы­щыгъ адыгэ шууейм и сурэтыр цIыхухэм я нэгум къыщIэувэжакIэщ, гу лъыптэу езы шыми и пщIэр егъуэтыж. Компьютерхэмрэ кхъухь­лъатэхэмрэ я зэманым шым пщIэ зэрыхуащIыр ар зы­хузэфIэкI цIыхубэр зэ­рыузыншэм и нэщэнэщ. «Охраняется государством» журнал. 2018 гъэ ЖЭМАН Ахьмэд, ЩОДЖЭН Хьэчим, АНИКЕЕЕВ Сергей, УЭРЫШ Залым.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "419.txt" }
И IэдакъэщIэкIхэм щыщхэр Къанщобийрэ Гуащэгъагърэ. Пьесэ. Налшык, 1940 гъэ Уэращ зи фIыщIэр. Хуумыгъэгъу. Зыщумыгъэгъупщэ. Усэхэр. Налшык, 1945 гъэ Нартхэр. Къэбэрдей эпос. (Бэдынокъуэрэ Мэлычыпхъурэ я циклхэр). Налшык. 1951 гъэ Къэбэрдей цIыхубэ уэрэдыжьхэр. Налшык, 1955 гъэ Хъуэжэ. Пьесэ. Налшык, 1956 гъэ Нэгумэ Шорэ. Адыгэ народым и тхыдэ. (АдыгэбзэкIэ зэридзэкIащ). Налшык, 1958 гъэ Мыщэ шу. Сабийхэм папщIэ рассказхэр. Налшык, 1958 гъэ Дыщэ кIанэ. Адыгэ таурыхъхэр. Налшык, 1959 гъэ Къэжэр Индрис и уэрэдхэр. Налшык, 1959 гъэ Хъуэжэ и таурыхъищэ. Налшык, 1959 гъэ Ныбжьэгъу пэж. Сабийхэм папщIэ рассказхэр. Налшык, 1960 гъэ Золотая крупинка. Кабардинские сказки. Нальчик, 1961 гъэ Уэрэдылъэ. Иджырей уэрэдищэ. Налшык, 1962 гъэ Адыгэ IуэрыIуатэхэр. Налшык, I томыр - 1963 гъэ, II томыр - 1970 гъэ Хъыбарыжь кIэщIхэр. Налшык, 1963 гъэ Къэбэрдейм и иужьрей джэгуа­кIуэшхуэ Агънокъуэ Лашэ. Налшык, 1964 гъэ Адыгэ псалъэжьхэр. Налшык, I томыр - 1965 гъэ, II томыр - 1967 гъэ Ислъэмей къафэм и цIэр къызэрежьам и хъыбар. Налшык, 1965 гъэ Агънокъуэ Лашэ и усэхэр. Налшык, 1966 гъэ Япэ адыгэ цIыхубз усакIуэ Чым Пэщхъан. Налшык, 1968 гъэ ДжэгуакIуэшхуэ, усакIуэ Iэзэ Мыжей Сэхьид. Налшык, 1971 гъэ Хэт хъуну Андемыркъаныр? Налшык, 1973 гъэ Нарты. Адыгский героический эпос. Москва, 1974 гъэ Iей пщIауэ, фIы ущымыгугъ. Пьесэ. Налшык, 1975 гъэ Кабардинские народные сказки. Москва, 1977 гъэ Адыгэ уэрэдыжьхэр. Налшык, 1979 гъэ Къэбардэрэ Алътудрэ. Пьесэ. Налшык, 1980 гъэ Кабардинские народные сказки. Москва, 1980 гъэ Народные песни и инструментальные наигрыши адыгов. Москва, I т. - 1981 гъэ, II т. - 1981 гъэ, III т. - 1986 гъэ Нэгей и къуэ Лъэпщагъуэ. Адыгэ таурыхъхэр. Налшык, 1981 гъэ Верный друг. Рассказы для детей. Москва, 1981 гъэ Адыгэ хъуэхъухэр. Налшык, 1985 гъэ Адыгэхэр къызэрыфэ пшыналъэхэр. Налшык, 1989 гъэ Адыгэ уэрэдхэмрэ пшыналъэхэмрэ. Налшык, 1990 гъэ Хъуэжэ и таурыхъищэ. Мейкъуа­пэ, 1994 гъэ Нартхэр. Къэбэрдей эпос. Налшык, 1995 гъэ Адыгэ хабзэу щыIахэр. Налшык, 1995 гъэ Мэлычыпхъу и хъыбархэр. Налшык, 1997 гъэ ГушыIэ хъыбархэр. Налшык, 2001 гъэ Андемыркъан. Налшык, 2002 гъэ Адыгэ лъэпкъ пшыналъэхэр. Налшык, 2004 гъэ Кабардинские народные сказки. Нальчик, 2004 гъэ Хэт нэхъ ин? Таурыхъхэр. Налшык, 2005 гъэ
{ "source": "apkbr.ru", "id": "42.txt" }
АдэфI къуэфI хуэщщ БэнэкIэ хуитымкIэ ди къэралым щынэхъ лъэщ дыдэхэм хабжэ Урыш Анзор. Ар Урысей Федерацэми Европэми мызэ-мытIэу я чемпион хъуащ, Лондон щекIуэкIа Олимпиадэм 2012 гъэм хэтащ. КъищынэмыщIауэ, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм ехъулIэныгъэ инхэр щиIащ, УФ-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастерщ, къэралым и командэ къыхэхам 2009 гъэм щыщIэдзауэ ираджэ. 1987 гъэм щIышылэм и 27-м Анзор къыщалъхуащ Псыхъурей адыгэ къуажэжьым. Бэнэным хэзышари и япэ тренеру щытари и адэ, спортымкIэ мастер Урыш СуIэдинщ. Абы и нэIэ щIэтущ ехъулIэныгъэ инхэм хуэзышэ гъуэгу бгъуфIэм икIи кIыхьым зэрытехьар, текIуэныгъэхэм я IэфIагъ нэсри япэу къызэрищIар. Анзор псынщIэу спортым хэзэгъащ икIи цIэрыIуэ щыхъуащ. АбыкIэ сэбэп хъуащ щIыналъэ, къэралпсо утыкухэм щIалэ дыдэу и лъэр зэрыщигъэбыдамрэ гу къылъатэу Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам пасэу зэрыраджамрэ. ЖыпIэну ирикъунщ 2004 гъэм ар ныбжьыщIэхэм я деж Европэм и чемпион зэрыхъуар, илъэсищ дэкIа иужькIэ дунейпсо щIалэгъуалэ зэпеуэм дыжьын медаль къызэрыщихьар. АдэкIэ Урышыр хагъэхьащ «Гладиатор» гупым икIи Тембот Анзоррэ Миндиашвили Дмитрийрэ пэщIэхуащ. Ар абы и дежкIэ лъагапIэщIэт икIи и Iэзагъым щыхигъэхъуа лъэхъэнэ телъыджэщ. Балигъхэм яхыхьа иужькIи Анзор и ехъулIэныгъэхэм куэдрэ пигъэплъакъым. Ираным и къалащхьэ Тегеран 2009 гъэм абы фIы дыдэу зыкъыщигъэлъэгъуащ икIи Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам хэту Дунейпсо кубокым ехьэлIа зэпеуэм жэз медалыр къыщихьащ. АрщхьэкIэ Урышым и япэ текIуэныгъэ нэхъ ин дыдэхэр къыкIэлъыкIуэ илъэсращ зыхуэзар. 2010 гъэм мэлыжьыхьым (апрелым) и 13-18 махуэхэм Азербайджаным и къалащхьэ Баку щекIуэкIа Европэм и чемпионатыр адыгэхэм ­хуабжьу тхуэугърлащ - бэнакIуэ гъуэзэджэхэу Махуэ Билал, Урыш Анзор (тIури бэнэкIэ хуитымкIэ), Хъущт Аслъэнбэч (алыдж-урым бэнакIэмкIэ) сымэ зыхэта хьэлъагъхэм япэ увыпIэхэр щаубыдащ. Хьэлэмэтращи, Баку щекIуэкIа Европэм и чемпионатым гуп пашэныгъэр щызыIэрызыгъэхьа Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам дыщэ медалу 4 абы къыщихьати, 3-р зылъысар ди лъэпкъэгъухэрщ. Адыгэ бэнакIуэхэр 2010 гъэм Европэм и чемпион хъуа къудейкъым, атIэ наIуэу къагъэлъэгъуащ я хьэрхуэрэгъухэм нэхърэ куэдкIэ зэрынэхъ лъэщыр. Абы псынщIэ дыдэу щыхьэт техъуащ зэхьэзэхуэм и япэ махуэр. Зэпеуэр зэрызэхагъэувам ипкъ иткIэ мэлыжьыхьым и 13-м зэхэкIын хуейт бэнэкIэ хуитымкIэ ди щIалитIри зыхэт гупхэм щытекIуэнур. Дуней псом тIэунейрэ и чемпион Махуэ Билал япэ дыдэу а цIэ лъапIэр къыщихьар илъэсищ и пэкIэ Баку щекIуэкIа зэхьэзэхуэрт. Зи ныбжьыр илъэс 23-рэ фIэкIа абы щыгъуэм мыхъуа адыгэ щIалэр сыт хуэдэ зэпеуэми щытекIуэу дригъэсат. Ауэ Билал и дыщэ медалхэм апщIондэхукIэ яхэтакъым Европэмрэ Олимп джэгухэмрэ яйхэр. Абыхэм ящыщ зыр Азербайджаным щызыIэригъэхьакIэт, адэкIэ плъапIэр 2012 гъэм Лондон щекIуэкIыну Олимпиадэрат. И ныкъуэкъуэгъухэр «имыгъэбауэу» дыщэ медалыр Баку къыщихьащ Урыш Анзори. Япэ дыдэу апхуэдэ зэпеуэхэм хэхуа Уэрыш Анзор килограмм 84-рэ зи хьэлъагъхэм я гупым телъыджэу зыкъыщигъэлъэгъуащ. Финалым и 1/8-нэ Iыхьэм ар Италием и лIыкIуэ Фасугбай Антони 6:0-у щыте­кIуащ. КъыкIэлъыкIуэу абы хигъэщIащ алыдж Криаридис Григориосрэ (9:0) болгар Ганев Михаилрэ (2:0) икIи лъэ быдэкIэ финалым нэсащ. Анзор абы къыщыпэщIэтащ Азербайджан бэнакIуэ лъэщ Шарифов Шариф. Хэгъэрейхэм уатекIуэну зэрымытыншыр гурыIуэгъуэщ, ауэ ди щIалэм апхуэдэ лIыгъэ къыкъуэкIащ. ЩIэупщIэжын лъэпкъ къыхэмыкIыу Шафировыр хигъащIэри, ар чемпион хъуащ. Гу лъытапхъэщ, Махуэ Билалрэ Урыш Анзоррэ япэ дыдэу Европэм 2010 гъэм щытекIуамэ, абы ирихьэлIэу илъэситI ипэкIэ Олимп чемпион хъуа Хъущт Аслъэнбэч алыдж-урым бэнэкIэмкIэ ар нэхъапэм тIэунейрэ къехъулIат. Мыгувэу, мэкъуауэгъуэм (июным) и 27-м Волгоград щекIуэкIащ бэнэкIэ хуитымкIэ Урысей Федерацэм и чемпионат. Абыи ехъулIэныгъэ щызэригъэгъуэтащ Урыш Анзор. МазитI и пэкIэ Европэм и чемпион хъуа ди щIалэм, дауи, гугъут къэралым щекIуэкI зэхьэзэхуэм тэмэму икIи елIалIэу зыхуигъэхьэзырыну. АрщхьэкIэ абы ар къехъулIащ, ауэ зы мащIэ дыдэкIэ и кIэн къикIакъым. КIэух зэIущIэм Урышыр щыхуэзащ 2009 гъэм Европэм и чемпион хъуа осетин щIалэ Кцоев Сослъэн. Абыхэм я зэпэщIэтыныгъэр сыт и лъэныкъуэкIи зэхуэдэ хъуащ икIи финалым и япэ, етIуанэ Iыхьэми текIуар судьяхэм яхузэхэгъэкIакъым. Апхуэдэу къыщыхъум, пхъэидзэкIэ нэхъыфIыр къалъытащ. Зи насып къикIар Осетие Ищхъэрэ-Аланием и лIыкIуэращ. ПхъэидзэкIэ къэралым и чемпионыгъэр зэрыфIахьам Урыш Анзор и лъэр щIигъэхуакъым. КъыкIэлъыкIуэ илъэсми ар Европэм щытекIуащ. Аргуэру килограмм 84-м нэс зи хьэлъагъхэм я деж щыбэна адыгэ щIалэм Европэм и чемпион цIэр нэмыцэ щIыналъэм ехъулIэныгъэкIэ щихъумащ. Финалым нэсыхукIэ абы и хьэрхуэрэгъухэм зы балли яритакъым. ПэщIэдзэ зэIущIэм Урышым 2:0, 6:0-у щыхигъэщIащ Ирландием къикIа Долли Алекс. АдэкIэ финалым и Iыхьэ плIанэм абы зы Iэмали иритакъым поляк Балавендер Мацей - 3:0, 4:0. Финал ныкъуэр илъэс ипэкIэ екIуэкIам ещхь хъуащ. Абы Анзор хьэрхуэрэгъу аргуэру къыщыхуэхъуащ Азербайджаным щыщ Шарифов Шариф. 2010 гъэми хуэдэу, иджыри текIуар ди щIалэращ. Ауэ абы щыгъуэм Урышым Шарифовыр Баку щыIэжу псынщIэ дыдэу хигъэщIамэ, иджы лъэхъэнитIкIэ еныкъуэкъун хуей хъуащ. Ахэр 3:0, 1:0-у зэриухам Анзор и тепщэныгъэм зыми шэч къытригъэхьакъым. Хуабжьу гуащIэу щытащ финалыр. Абы къыщыпэщIэта куржы щIалэщIэ Марсагишвили Дато Межконтинентальнэ кубокыр къэхьыным ехьэлIауэ 2010 гъэм и жэпуэгъуэ (октябрь) мазэм Дагъыстэным и Хасавюрт къалэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэм Урыш Анзор гугъу демыхьыщэу щыхигъэщIат. Абы ди бэнакIуэр игъэбэлэрыгъауэ къыщIэкIынущ икIи зэпеуэм и япэ лъэхъэнэр 1:4-уэ иригъэхьащ. Загъэпсэхуу къихьэжа иужькIэ, Анзор зызэтриубыдэжащ икIи 1:0-у текIуащ. Иджы псори щызэхэкIынур ещанэ лъэхъэнэрт. Ари Урышым щIагъуэу къыщIидзакъым икIи 1:3-уэ иригъэхь хъуащ. ХэкIыпIэ щыIэжтэкъыми, къэнэжа зэман мащIэм Анзор ерыщу икIи лъэщу ебгъэрыкIуащ икIи баллитIыр куржы щIалэм къыфIихьыжащ - 3:3! Апхуэдэу зэпэщIэтыныгъэр иухати, иужьу зэIущIэм ехъулIэныгъэ щызиIа Урыш Анзор, хабзэм ипкъ иткIэ, текIуауэ къалъытащ икIи Европэм и чемпион зэрыхъуам щыхьэт техъуэ дыщэ медалыр къратащ. 2010 гъэм Лондон щекIуэкIа Олимп джэгухэм хэтыну я насып къикIащ Европэм тIэунейрэ и чемпион Урыш Анзоррэ дунейм щэнейрэ щытекIуа Махуэ Билалрэ. Ахэр а лъэхъэнэм я хьэлъагъхэм я деж нэхъ лъэщ дыдэхэм ящыщт икIи куэдым хуагъэфащэт а тIур олимп медаль нэхъыфI дыдэхэм Инджылызым и къалащхьэм щыщIэбэныну. Псори текIуэныгъэкIэ къыпщыгугъыныр ар хуабжьу жэуаплыныгъэшхуэщ икIи зэпеуэм хэтхэм я дежкIэ Iуэхур тIуащIэу зыгъэхьэлъэщ. Апхуэдэуи къэхъуащ. Килограмм 84-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм Урыш Анзор япэу къыщыпэщIэхуащ Украинэм икIа Алдатов Ибрэхьим. Ди щIалэм зэхьэзэхуэм фIы дыдэу къыщIидзащ икIи япэ Iыхьэм 3:0-у щытекIуащ. ЕтIуанэм и хьэрхуэрэгъур 3:4-уэ къефIэкIами, ещанэм 4:1-уэ хигъэщIэжри, финалым и Iыхьэ плIанэм кIуащ. АдэкIэ Урышым ныкъуэкъуэгъу къыхуэхъуар бэнэныр лъэпкъ Iуэхуу щагъэува Ираным къикIа Лашгари Эшар Насерт. Ди жагъуэ зэрыхъущи, Анзор абы пэлъэщакъым икIи 0:3, 1:3-уэ къыхигъащIэри, Олимпиадэм медалыншэу къыщигъэнащ, езы Лашгари къыкIэлъыкIуэм къызэрыщытрадзам къыхэкIыу. Спортым щIыхь зиIэ и мастер Урыш Анзор Лондон къикIыжа иужькIи ехъулIэныгъэ инхэр щиIащ Урысей Федерацэми, Европэми, дунейпсо зэпеуэхэми. Нобэми ар ящыщщ ди республикэми къэралми я щIыхьыр лъагэу зыIэт бэнакIуэ лъэщхэм икIи дяпэкIи куэдкIэ дыщогугъ. Европэм тIэунейрэ и чемпион Урыш Анзор. Зи чэзу текIуэныгъэр зыIэригъэхьащ. И тренер Тембот Анзор ехъулIэныгъэр дегуш. Урышыр алэрыбгъум щыгуащIэщ. Жыласэ Заурбэч.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "420.txt" }
Дон и кубокым Тхэквондо ТхэквондомкIэ Дон и кубокыр къэхьыным щIэбэнащ спортс­мени 1200-м щIигъу. Къэбэрдей-Балъкъэрым икIахэр а зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIащ. Дон Iус Ростов къалэм къыщызэхуэсат Урысей Федерацэм и щIыпIэ псоми, Узбекистаным, Къэзахъстаным, Армением, Къыргъызым, Азербайджаным я спортсмен ныбжьыщIэ нэхъыфIхэр. Ахэр ерыщу щIэбэнащ Дон и кубокым. Зэхьэзэхуэм и япэ махуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым икIахэм дыщэ медалу 7-рэ жэзу 4-рэ зыIэрагъэхьащ. Я ныбжьрэ хьэлъагъымрэ елъытауэ бжьыпэр яубыдащ Къалэ Алим, Яхненкэ Данил, Монастырский Владимир, Шокъуий Ислъам, Ахъмэтхэ Дамиррэ Борисрэ, Тхьэмокъуэ Элинэ сымэ. Абыхэм дыщэ медалхэр, кубокхэр, щIыхь тхылъхэр хуагъэфэщащ. Хьэтау Ислъам.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "421.txt" }
ХьетI жезыгъэIа Къэжэр Назир Нарткъалэ щагъэса футболист куэд Налшык и «Спартак»-м и щIыхьыр пщIэ яIэу яхъумащ. Я цIэ къипIуэну урикъунщ Лъэрыгухэ Викторрэ Къазбэчрэ, КIурашын Олег, Хьэнцэ Аслъэнбэч, Исаев Щамил, Шыпш Тимур, Къудей Леонид, Абазэхэ Русланрэ Астемыррэ сымэ, нэгъуэщIхэми. Къэралым и командэ нэхъ лъэщ дыдэхэм щыджэгуащ Нарткъалэ и футбол джэгупIэм япэ лъэбакъуэхэр щызычахэу Мэзкуу и «Спартак»-м и гъуащхьауэ Бажэ Амир, ЦСКА-м и гъуащхьэхъумэ Къуэшы Амир, «Локомотив»-м и гъуащхьэхъумэныкъуэ Джатэгъэжь Инал. Нобэ зи гугъу фхуэтщIыну «Спартак-Налшыкымрэ» Урысей Федерацэм я щIалэгъуалэ командэ къыхэхамрэ я гъуащхьауэ гъуэзэджэу щыта Къэжэр Назири и вагъуэр къыщылыдар мы щIыпIэращ. 1987 гъэм щIышылэм (январым) и 12-м Назир Нарткъалэ къыщалъхуащ. Щысабийм къыщыщIэдзауэ футболыр зыхилъхьэ щыIэтэкъым. Махуэ псом и кIыхьагъкIэ топ кърихуэкIыу губгъуэм итыфынут. Абы гу лъызыта нэхъыжьхэм ар Нарткъалэ дэт сабий-ныбжьыщIэ спорт школым храгъэтхащ. Къэжэрым зигъасэу щIидзащ а лъэхъэнэм сабий тренер цIэрыIуэу щыта Агабалиев Пашэ и унафэм щIэту. ЩIалэщIэм и зэфIэкIхэр зэрымымащIэр зэман кIэщIым наIуэ къэхъуащ. И ныбжьыр илъэс 14 щрикъум ар хагъэхьащ Урысей Федерацэм футболымкIэ и ещанэ дивизионым щыджэгу Нарткъалэ и «Аруан» (иджы «Нарт») командэм. АдэкIи къыпэплъэр нэхъыфIыжт. «Аруаным» и тренерхэу КIурашын Владимиррэ Хьэнцэ Аслъэнбэчрэ я чэнджэщкIэ (Владимир и къуэш нэхъыщIэ, Совет Союзым и ныбжьыщIэ командэ къыхэхамрэ Налшык и «Спартак»-мрэ гъуащхьауэу щыджэгуа КIурашын Олег футбол спорт школхэм епха къулыкъу лъагэ иIыгъыу Мэзкуу щыпсэурти, ар къагъэсэбэпри) къэралым и къалащхьэм ягъэкIуащ икIи «Локомотив»-м и интернатым щIэтIысхьащ. АрщхьэкIэ, гугъу зригъэхьу, елIалIэу илъэситIкIэ еджа икIи зигъэса пэтми, командэм и дублёрхэм хагъэхьакъым. ХэкIыпIэу къэнэжыр зыт - Мэзкуу и «Локомотив»-м и къудамэу Калугэ щыIэм кIуэуэ абы и насыпыр къыщилъыхъуэнырт. Ауэ, абыи фIы лъэпкъ къыщыпэмыплъэу къыщIэкIащ… мазитI фIэкIа дэмыкIыу къызыхагъэкIыжащ, тренерхэр къыхуэгущIыIэ хъури. Щхьэусыгъуэ нэсыр езы Назир дыдэми иджыри къэс ищIэркъым. Апхуэдиз лъэпощхьэпом щIалэщIэм и гур ириудыным зымащIэ дыдэщ иIэжар. Уеблэмэ топджэгум щищIэн щымыIэу икIи абы къыхэкIыжмэ нэхъыфIу къилъытат. АрщхьэкIэ уи натIэм къритхам уфIэкIынукъым. Псалъэмакъ кIыхь гупсэхуу дригъэкIуэкIа иужькIэ, и анэм къыгуригъэIуащ (и адэ Юрэ пасэу дунейм ехыжат) апхуэдэу занщIу зыпт зэрымыхъунур икIи уи насыпым ерыщу узэрыщIэбэнын хуейр. ДэIэпыкъуныгъэри щимыгугъамкIэ къыщыкъуэкIащ -«Локомотив»-м техникэ директору щылажьэ, нэхъапэм Налшык и «Спартак»-м и гъуащхьэтету щыта ди лъахэгъу Биджиев Хьэсэнбий и фIыгъэкIэ Къэжэрыр хагъэхьащ етIуанэ дивизионым щыджэгу Мэзкуу и «Спортакадемклуб»-м. Ар къыщыхъуар 2005 гъэрщ. Къэжэрым а командэм хэту зэIущIэ 27-рэ иригъэкIуэкIати, топи 10 я хьэрхуэрэгъухэм яхудигъэкIащ. Апхуэдэ зыри абы хэттэкъым. IэзагъкIэ зэхъуэжын мурадкIэ, а лъэхъэнэм Назир здыхыхьа «Спортакадемклуб»-р игъэсэну, Франджым и «Марсель» командэ цIэрыIуэм и дублёрхэм я тренерыр Мэзкуу къэкIуащ. Ар зэрыщыIар зы тхьэмахуэщ, ауэ футболистхэм набдзэгубдзаплъэу якIэлъыплъащ икIи щежьэжым къажриIащ Къэжэрыр игу ирихьауэ «Марсель»-м зэрыригъэблагъэр. Апхуэдэ насып къеуэлIэну дэтхэнэ зы щIалэщIэри щIохъуэпс. КъыкIэлъыкIуэ тхьэмахуэм Назир Франджым лъэтащ. Абы зы мазэкIэ къыщыкIэлъыплъри, къаутIыпщыжащ. Зэман кIэщI дэкIри, телефонкIэ хъыбар гуапэ кърагъэщIащ - Франджым и чемпионатым и етIуанэ къекIуэкIыгъуэм ирихьэлIэу игъэзэжыну къыпэлъэрт икIи илъэс ныкъуэкIэ «Спортакадемклуб»-м бэджэнду къыIахырт. Дауи, сэбэп къыхуэхъун куэд Къэжэрым «Марсель»-м зыщригъэщIащ. Сыт и уасэт, къапщтэмэ, дунейми, Европэми я чемпион Бартез Фабьен и гъусэу зыбгъэсэну?! Псалъэм къыдэкIуэу жытIэнщи, «Марсель»-м хыхьауэ гупым къыщрагъэцIыхум, адыгэ щIалэщIэм япэу къыбгъэдыхьэу сэлам къезыхар а гъуащхьэтет цIэрыIуэрщ. Марсель къалэри, франджы шхыныгъуэхэри, зэхэтыкIэри Назир хуабжьу игу ирихьат. «Марсель»-м и щIалэгъуалэ командэми хъарзынэу зыкъыщигъэлъагъуэрт, япэ зэIущIэм къыщыщIэдзауэ топхэр дигъэкIыу. АрщхьэкIэ, бэджэндым и пIалъэр иуха иужькIэ, Къэжэрым «Спортакадемклуб»-м къигъэзэжын хуей хъуащ. Аргуэрыжьти, псори щIэрыщIэу къыщIэдзэжыпхъэт. Илъэс ныкъуэкIэ Iуэхуншэу къекIуэкIати, Назир щалъхуа щIыналъэм къигъэзэжащ - Урысей Федерацэм футболымкIэ и гуп нэхъыщхьэм хыхьагъащIэ «Спартак-Налшыкыр» хуабжьу хуэныкъуэт гъуащхьауэ къимыкIуэт, щIалэу, къарууфIэу, топ дэгъэкIыным хуэIэзэу. Премьер-лигэм и етIуанэ къекIуэкIыгъуэм ирихьэлIэущ Къэжэрыр Налшык къыщыкIуэжар. 2007 гъэм шыщхьэуIум (августым) и 5-м Мэзкуу и ЦСКА-р къыщрагъэблэгъам ар япэу джэгупIэ губгъуэм къихьащ «Спартак-Налшыкым» и фащэр щыгъыу. Футболым хуабжьу хуэзэша щIалэщIэм псынщIэ дыдэу зыкъызэкъуихащ икIи махуэ тIощI дэкIри, япэу премьер-лигэм къыщыхэжаныкIащ, Мэзкуу и «Динамо»-м и гъуэр хигъащIэри. Мыгувэу ар ди командэм щынэхъыфIхэм ящыщ зы хъуащ. Назир и Iэзагъым, псынщIагъым, IэкIуэлъакIуагъым, къикIуэт зэримыщIэм куэдым гу лъатащ. Куэд дэмыкIыу къэралым и щIалэгъуалэ командэ къыхэхам ирагъэблагъэри, абыи хъарзынэу щыджэгуащ. Хухаха зэман кIэщIым къриубыдэу Къэжэрым къыхэжаныкIыну щыхузэфIэкIащ премьер-лигэми, къэралым и кубокми, командэ къыхэхами. Назир япэу щахыхьа 2007 гъэм топ дигъэкIащ Мэзкуу и «Динамо»-м, Томск и «Томь»-м, ЦСКА-м, Къэзахъстаным и щIалэгъуалэ командэ къыхэхам я гъуэхэм. Ар хуабжьу ехъулIэныгъэшхуэщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым футболым щыдихьэххэм илъэс куэдкIэ IэфIу ягу илъынущ налшыкдэсхэр 2007 гъэм премьер-лигэм къыхэзына иужьрей текIуэныгъэр Къэжэр Назир дигъэкIа топым къазэрыхуихьар. Ауэ ар иджыри щIэдзапIэу арат. Абы щыгъуэм зи ныбжьыр илъэс тIощI фIэкIа мыхъуа щIалэщIэм адыгэ гъуащхьауэ цIэрыIуэхэу Ещтрэч Владимир, Лъэрыгу Виктор, Бэч Руслан, Гъубж Вячеслав, Наурыз Басир, ГъуаплъащIэ Аслъэн сымэ, нэгъуэщIхэми яужь ихуну, абыхэм ефIэкIыну дыщыгугъырт. - 2010 гъэ пщIондэ «Спартак-Налшыкым» сыхэтыну контрактым Iэ тездзауэ щытщ, - къыджиIат а лъэхъэнэм Къэжэрым. - ИкIи ди командэр къысхуеймэ, зыщIыпIэкIи сеплъэкIынукъым. Си къару псори есхьэлIэнущ дяпэкIэ топ нэхъыбэж дэзгъэкIын, Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр нэхъ лъагэжу сIэтын папщIэ. АрщхьэкIэ, гъащIэр матэ щIэдзакъым. 2008 гъэри фIы дыдэу Къэжэрым къыщIидзат. Къапщтэмэ, сыт и уасэт, Мэзкуу щыIэу, ЦСКА цIэрыIуэр «Спартак-Налшыкым»зэрыхигъэщIар, къэралым щынэхъыфIу къалъытэ абы и гъуащхьэтет Акинфеев Игорь Назир худигъэкIа топ закъуэм и фIыгъэкIэ?! А зэIущIэм и ужькIэ ита интервьюм Къэжэрым щыжиIащ къыкIэлъыкIуэу къапэщIэувэну Мэзкуу и «Спартак»-ми ди командэр зэрытекIуэфынур. А псалъэхэр хуабжьу игу ирихьакъым налшыкдэсхэм я тренер нэхъыщхьэ Красножан Юрэ икIи къилъытащ я хьэрхуэрэгъухэр абыхэм ягъэгубжьу, зэкъуигъэувауэ. Пэж дыдэуи, мэзкуудэсхэр я къару къызэрихькIэ ди щIалэхэм Налшык къащыпэщIэтащ икIи очкоищыр фIахьащ. А зэIущIэр имыухыу Къэжэрыр джэгупIэ губгъуэм кърагъэкIащ икIи Красножан тетыхукIэ иужькIэ зэи «Спартак-Налшыкым» и щIыхьыр ирагъэхъумакъым. 2009 гъэм и пэщIэдзэм Мэхъэчкъалэ и «Анжи»-м бэджэнду иратащ икIи япэ дыдэ зэIущIэм къыщыхэжаныкIащ. Илъэс ныкъуэ дэкIауэ, Налшык къигъэзэжри, щIалэгъуалэм яхэту ягъэджэгуащ. АдэкIэ Астрахань и «Волгарь»-м зыкъыщигъэлъагъуэри, 2001 гъэм и гъатхэпэм «Спартак-Налшыкым» къыхыхьэжащ. АрщхьэкIэ куэдрэ зыщиIэжьакъым. Урысей Федерацэм футболымкIэ и кубокыр къэхьыным теухуауэ 2011 гъэм бадзэуэгъуэм (июлым) и 17-м Владимир и «Торпедо»-м дэджэгуу хьэщIэхэм ящыщ гуэрым фэбжь хьэлъэ иридзащ икIи зэIущIэм къыхахуащ. Абы иужькIэ ди гупым хагъэхьэжакъым. Новороссийск и «Черноморец»-м, Геленджик и «Спартак»-м, Мейкъуапэ и «Дружба»-м, Нэзрэн и «Ангушт»-м Налшык щыIэщIэкIа футбол насыпыр илъэс зыбжанэкIэ Къэжэр Назир къыщилъыхъуащ. АрщхьэкIэ абы и топджэгу вагъуэр 2008 гъэм ижат, премьер-лигэм хэту иужьу Мэзкуу и «Спартак»-м щыдэджэгуам. «Спартак-Налшыкым» и гъуащхьауэ Къэжэр Назир. ЦСКА-м и гъуэм йобгъэрыкIуэ. Къэзан и «Рубин»-м и гъуащхьэхъумэхэм яIэщIокI. Гогитэ Гогуэ и ныбжьэгъуэфIхэм ящыщ зыт. Жыласэ Заурбэч.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "422.txt" }
Къэралым и чемпионатым ирагъэблагъэ БэнэкIэ хуит Кемеровэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ бэнэкIэ хуитымкIэ Сыбыр федеральнэ щIыналъэм и чемпионат. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ спортсменхэри. Зи хьэлъагъыр килограмм 79-м нэблагъэхэм я зэпэщIэтыныгъэм нэхъ лъэщу къыщыщIэкIащ Улымбащ Хьэзрэт. Мату Эмир (кг 92-м нэблагъэ) дыжьын медалыр къихьащ. СпортсменитIри ирагъэблэгъащ гъэмахуэм зэхэтыну Урысейм и чемпионатым. КЪЭХЪУН Бэч.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "423.txt" }
Марем пшыхь Нэщэнэхэр Псы макъыр ипщэкIэ къыщыIумэ… Мэрем, гъубж пшыхьхэм цы япхыртэкъым, яджыртэкъым, ятIэ зэрахьэртэкъым, фIыкъым жаIэрти. Нал къэбгъуэтыну фIыщ. Нэр шхэмэ, угъынущ, жаIэрт. Псы макъыр ипщэкIэ къыщыIумэ, уэфI хъунущ. Псы къудей къэбгъэкъуалъэмэ, уи вым и пщэр мэкIуэд, жаIэрт. Iэ щIыбкIэ псы къибгъэхъуэну фIыкъым. Бабыщхэм удзым зыхакухьмэ, уэлбанэ хъуну къалъытэрт. БжэщхьэIум зыгуэр щызэIэпыпхмэ, узэщохьэ жаIэрт. Былым къозытыр щIэмыфыгъуэжмэ, мэбагъуэ жаIэрт. Гущэм цIыбэ къибнэну фIыкъым. Шыгъур щIэупсапсэмэ, дунейр къопсэпсауэ жаIэрт. Шхыныр шыугъэ яIэщIэщIэмэ е шыгъу иракIутмэ, унэм къаугъэ къихъуэну къалъытэрт. Щхьэц налъэ тхъуа къыхэпчыну фIыкъым. Щхьэцышхуэр насып пэлъэныкъуэщ жаIэрт. Iэгур шхэмэ, ахъшэ къыхэхъуэнущ жаIэрти, фIэрафIэм и натIэм щахуэрт. Унэм ущыщIыхьэкIэ лъапэ ижьыр нэхъапэ щIэшие жаIэрт. Хуэ зышхым и щхьэцыр кIыхь хъууэ къалъытэрт. Хьэ къугъым мелыIыч елъагъу жаIэрт. Хьэдэ зэрыщIалъхьа бел зэIэпахыртэкъым. ХьэкIэ къызытеуам и гугъу ящI жаIэрт. Цыбэ угъурлыщ, насыпыфIэщ жаIэрт. Прозэу тха усэхэр ХэтщIыкIыу пIэрэ? Си лэжьэгъу цIыхубз гуэрым и фIэщыпэу: - УкъысщIэнэкIэнуми ухуитыжщ, ауэ дыгъуасэ лъандэрэ IупщI дыдэу си нэгу къыщIыхьэжащ… - Сыт къыщIыхьэжар? - Илъэс куэдкIэ узэIэбэкIыжмэ… сэ сыпсэууэ щытащ сынэгъуэщI цIыхуу. НэгъуэщI хэку сыкъыщалъхуауэ. НэгъуэщIыбзэкIи сыпсалъэу. Иджы сыщхьэмыгъуэжьу си закъуэмэ, абы щыгъуэ фIы дыдэу слъагъуу зы шыпхъу нэхъыщIэ цIыкIу сиIэт. Махуэм скIэрымыкIыу. Жэщ хъурэ гъуэлъыжамэ, и жьэгъу цIыкIум деж щабэу сыхуемытIэхъуауэ мыжеижыфу… Абы хэту зыгуэр ныщIыхьэри, ди псалъэмакъыр зэпыдгъэун хуей хъуащ. Сессие диIэу ди зэрызехьэгъуэти, дызэблэжу фIэкIа дызэрымылъагъуурэ, гъэ еджэгъуэр иухри, гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэри къэсащ. Бжьыхьэр екIуэкIыу, дэри лэжьэн щIэддзэжауэ, а цIыхубз дыдэр къызбгъэдохьэ: - Зэ зыгуэр бжесIати… - ФIы дыдэу сощIэж. - Нэхъ гъэщIэгъуэныр къыщыхъур иужькIэщ… Гъэмахуэм Индием сыщыIащ сэ. - Ар зэхэсхат. - Щи, Бомбей и курыкупсэм дыдэту, дыкъызэрежьэжыну экспрессыр асыхьэтым къыIукIыну, гупыр къэзгъанэу сакъыхэмыкIыжынкIэ Iэмал имыIэу сыкъохъу. КIуэаракъэ, си псэм сыкърехуэкI, гузэвэгъуэр къызитауэ. Автобусым сыкъиувыкIащ иджы щыжысIэ дыдэм ирихьэлIэу машинэ псынщIэ цIыкIу къос, къоувыIэри, зылI къокI - блэ и пщэм къешэкIауэ. Блэ гъуабжэ тхьэIухуд цIыкIу, пыжьынэ хъужу! Сэ зызмыщIэжу а блэ цIыкIумкIэ зызодз, езыми зыкъысхуеший. ЛIыри къэувыIащи, Iэнкуну щытщ, зыри жимыIэу къызоплъ. Сэ, ар къысфIэмыIуэхуххэу, блэ цIыкIум си Iэр хузоший, езыми и жьэгъур къысхуехьри, щабэу сыхуотIэхъу - а зы напIэзыпIэми Iурех, и щхьэ тIэкIур си Iэм къытрегъащIэри! ЛIыр къэуIэбжьащи, ищIэнур ищIэжыркъым; мыдэкIи автобусым ису хъуар, щхьэкIэ увыным нэсауэ, зэрызохьэ, зэрогъэкIий… Дауэ къыпщыхъурэ ар? P.S. Сытыт абы жэуапу естынур? Зыри жысIакъым - сщIэртэкъыми. Ярэби, фIыщэу дызыщыгъуазэу ди гугъэж мы дунейм зыгуэр хэтщIыкIыу пIэрэ дэ? Iуэхум и пэжыпIэр ПщIыхьым ещхьу IэфIт Гельдерлин и дунейр. Ар сыт щыгъуи нэхут. Сыт щыгъуи гуапэт. Гъыбзи, гыбзи, узи, лажьи щыземыкIуэу. Абы щыпсэу цIыхухэр псори хэлъэфауэ лъагэу. Лъагэми къыщымынэжу - лъатэу. Iужажи, фыгъуэнэди, хьэсыи, пхъаши яхэмыту. «ЗэфIэнэ», «зэрыукI», «зэрыфыщI» псалъэхэр ямыщIэххэу. Лъагъуныгъэр - я уафэ щIэншэ щхъуэшрэ пшэ къыщытехьэр зэзэмызэххэу. Диотимэ и нэ фIыцIэ пIащэшхуитIыр - къуэмыхьэж дыгъэу - а уафэ щхъуэшым и курыкупсэм жэщи махуи къыщилыдыкIыу. Дауи, гупыкIыгъуейт апхуэдэ дунейр. Ар пхъуэж хъунт-тIэ уэрэ сэрэ фIыуэ тцIыху дунеймкIэ? Аращ Гельдерлин къыщыщIари: хуэхъуэжакъым. P.S. Iуэхум и пэжыпIэр къыщыпщIакIэ, Гельдерлин ехьэлIа мыфэмыц гуэр зэхэпхмэ, уи фIэщ умыщI. Къэжэр Хьэмид. Фэ фщIэрэ? Псалъэ шэрыуэхэм къарыкIыр Адакъэр мыIуэкIи, нэху щын къанэркъым. Iуэху къэхъун хуейм зыри пхухэлъхьэнукъым - къэхъун хуейр къэхъунущ. АдрыщIым ущIэдэумэ, мыдрыщIыр къып­лъысынщ. Куэдым къыщыщIэбдзэмэ, а уэ узыхуей мащIэр нэхъ зэбгъэхъулIэнщ жыхуиIэщ. Ажалыр бжэщхьэIум нэхърэ нэхъ благъэщ. НапIэзыпIэм укъытехуэу улIэнкIэ зэрыхъунур къэплъытэущ дунейм узэрытетын хуейр. Алыхьым къыптрилъхьэмэ, фошыгъу шей уефэнщ. Iуэху гурыхь ирагъэувалIэ цIыхум гушыIэ хэлъу къипсэлъ хабзэщ. Бадзэм и кIуэдыжыгъуэм дзэкъэрей мэхъу. ЩIэпхъаджащIэхэм ятеухуащ. Iуэхур я псэм къэса нэужь, ахэр нэхъей зэрыхъум - зыми зэремыплъыжым ехьэлIауэ къапсэлъ. Банэ и пIэ банэ къокIэж. Адэ-анэм я ныкъусаныгъэ, зэкIэлъымыкIуагъэ сытхэр бынхэм я дей къыщытрагъэзэж. Гъэкъуэншэныгъэ хэлъу къап­сэлъ. Банэм и щIыб ухъу. «ТпэIэщIэ ухъу» жыхуиIэщ. Бгым джэдыкIэкIэ еуэ. «Зыри пхуэщIэнукъым» жыхуиIэщ. Бзаджэ къэзылъху и гуэн лъапэ щетIэж. Уи Iейр ущэху - унагъуэм иумых, хэIущIыIу умыщI. Бзэгум къупщхьэ хэлъкъым. Сыт ухуейми жыпIэфынущ. Зи хъыбарым, псалъэмакъым мыхьэнэ ирамыт цIыхум хуэгъэзауэ къапсэлъ. Бзум ил и лэпсщ. ГуащIэмащIэм теухуауэ ­къапсэлъ. Благъэжьрэ дыжьыныжьрэ. «ТIури укъэзымыгъэпцIэнщ» жыхуиIэщ. Бланэ щалъху йокIуэлIэж. Гува-щIэхами, зыщалъхуа щIыпIэжьым, адэжь щIыналъэм и псэр ехьыж цIыхум. Быныр зейр къэзылъхуаракъым - зыпIырщ. Сабийр гъэсэнымкIэ, пIынымкIэ адэ-анэм я пщэ къалэнышхуэ къызэрыдэхуэр, ахэр жэуаптакIуэу зэрыщытыр къэзыIуатэ псэлъафэщ. Вы зимыIэм шкIэ щIещIэ. Зыгуэрым и ныбжьым, и къарум, и зэфIэкIым хуэмыкIуэ е ар зыхуэмыхьэзыр, абы къытехьэлъэн къалэн и пщэ щыдалъхьэм деж къапсэлъ хабзэщ. Вы пэтрэ мэтэдж. Хабзэр зымыIыгъ, зымыгъэзащIэ цIыхум хуэгъэза хъуэрыбзэщ. Вы хъунур шкIэ щIыкIэ уощIэ. ЦIыху нэс къызыхэкIынур цIыкIу щIыкIэ къыбощIэ: и зыщIыкIэ, и псэлъэкIэ, и дуней тетыкIэ, и IуэхущIафэ сытхэм къыбжаIэ. Вым лъэмыIэсыр гуфэм йоуэ. Щхьэж и зэчий, и зэфIэкI къызыпекIуэкIыр елэжь. Гугъэмрэ жеймрэ адэ щIэиныфIщ. Гугъэр цIыхум зэи фIэмыкIуэд къулеягъщ. Абы цIыхум кърет къару лъэщ. А къарур цIыхум сыт щыгъуи къыщхьэщож. Насыпыншагъэ, мыгъуагъэ, лъэпощхьэпо Iэджэхэм япэувкIэрэ, цIыхур гъащIэм къыхешэж абы. Псэлъафэр цIыхум жезыгъэIэри аращ. Гупсыси - псалъэ, зыплъыхьи - тIыс. УзыхущIегъуэжын жумыIэ, зыхуэфащэр къэбгъанэу тIысыпIэр умыубыд. Гур зэрыгъум дыгъур кърокIуэ. Гум къэхъунур ещIэ, жыхуаIэращ. Щауэ Къэлидар. Абхъаз хъыбарыжь Бейм и къуэ ЩыIащ-псэуащ зы беижь гуэр. Абы зы къуэ закъуэ иIэт. Махуэ къэс беижьым и щIалэм ахъшэ иритырт, мыдрейми абыкIэ и ныбжьэгъу къомыр игъэхьэщIэрт, ныбжьэгъухэми абы пэкIуэу щIалэм щытхъупсыр кърагъэжэхырт. Апхуэдэу зыкъомрэ екIуэкIащ. ЛIыжьыр и къуэм зэпымычу елъэIурт а делагъэр къигъэнэну. Ауэрэ лIыжьыр къулейсызи кхъахэ дыди щыхъум, и къуэм уэсят къыхуищIащ: - Сэ солIэ, си щIалэ. СылIа нэужькIэ, уэ уи Iуэхур гугъу дыдэ хъунущ, ауэ апхуэдиз зэбгъэшха уи ныбжьэгъухэр къыбдэIэпыкъуным ущымыгугъ. Пхуэмышэчыжыххэ хъурэ зыбукIыжыну уигу къихьэмэ, а ущыжейм къыбгъэдэт пэш цIыкIум щIыхьэ. ЩIыхьи, бгыкъум къелэлэх кIапсэм зыфIэдзэж. ЛIыжьыр куэд дэмыкIыу лIащ. ЩIалэм и адэм къыщIэна тIэкIури щIэх дыдэу къыIэщIэухэри, ищIэнур имыщIэу къэнащ. Зэгуэрым, мэжалIэм сихьыпэнущ мыпхуэдэурэ жиIэщ, щIыхуэ тIэкIу къезытын ерагъкIэ къилъыхъуэри, жэм бзэгу къищэхуащ. Бзэгур иIыгъыу бэзэрым къыздикIыжым, абы къыхуэзащ иригъафэу-иригъашхэу щыта ныбжьэгъухэр. Бзэгу иIыгъыр щалъагъум, абыхэм щIалэр ауан къащIу щIадзащ. Арати, мо щIалэ укIытам иIыгъ бзэгур мывэм трилъхьащ. Абы ежьэу щыса хуэдэ, хьэ гуэр къыкъуэжщ, бзэгур къипхъуатэри, - макIуэ-мэлъей, - ирихьэжьэри ежьэжащ. ЩIалэр унэм къэкIуэжащ, зиукIыжын мурадыр иIэу. Апхуэдэу Iуэхум зыкъыщридзэкIым, абы зэуэ игу къэкIыжащ адэм къыжриIауэ щытар. Пэш цIыкIум и бжэр ерагъкIэ Iуихщ, щIыхьэри, щIалэм къигъуэтащ и адэм жыхуиIа кIапсэр. Шэнтым теувэщ, кIапсэр щылъэфыгъуэ ищIщ, и щхьэр ирилъхьэщ, шэнтыр щIиудыжри… АрщхьэкIэ - тобэ! - мо кIапсэ кIапэр зэпхам хуэзэу унащхьэр къыщIэщIыкIщ, унэкум щIалэр къихуэри…дыщэ ахъшэхэр зэщIэжьыуэу къытелъалъэу хуежьащ. Дэплъеймэ, - унащхьэм гъуанэ гуэр иIэт, а гъуанэми дыщэ ахъшэ къомыр къилъэлъырт. КъыщыщIа псор зэпишэчщ, ибг щIикъузэри, щIалэм екIуу псэууэ щIидзащ. Зэгуэрым уэрамым ирикIуэу ар яхуэзащ и ныбжьэгъухэм. ЩIалэр зэщыхуэпыкIауэ щалъагъум, модрейхэр гуфIэжу къыбгъэдэлъадэри, къауфэфыхьу щIадзащ. Мыдрейми, ахэр зыхуейр ищIэрти, къригъэблэгъащ и деж. ГуфIэжу щызэхэтIысхьэм, абыхэм къалъэгъуащ Iэнэм тет шынакъ закъуэр. Бейм и къуэм шынакъыр зыбгъэдигъэкIуатэри, шхэуэ щIидзащ. Къэхъуар ямыщIэу къыщеплъым, щIалэм мыпхуэдэу яжриIащ абыхэм: - Бейуэ, си Iэгур си Iэнэу хьэлэлу сыщыщытам сэр хуэдэ щымыIэу жыфIэу екIуэкIащ фэ, ауэ си Iуэхур икIэ щыхъуам, сыкъивдзэжакъым. Иджы къулей сыхъужати, аргуэру мис, фыкъысхуохъуахъуэ. Хьэуэ, тIасэ! - нэгъуэщI делэ къэфлъыхъуэ, иджы сэ ныбжьэгъу сыфхуэхъужынукъым. Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ
{ "source": "apkbr.ru", "id": "424.txt" }
ЩIыналъэхэр зэхуэдэн хуейщ Си ныбжьэгъум къызжиIащ: «ФатIимэ (и ­пхъурщ зи гугъу ищIыр) сом мин 25-рэ мазэ къэс къысхурегъэхьри, абы зыкъыдигъэужьыжащ». Сехъуэпсащ икIи сигъэгупсысащ. Абы и пхъур илъэситI хъуауэ Москва щолажьэ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, къулыкъу гуэри иIыгъкъым, ауэ и адэ-анэм къадоIэпыкъуф. АтIэ, щыхьэрым мыкIуэу Налшык апхуэдэ зэфIэкI щхьэ щимыIэрэ? Псори зытещIыхьар Москва хэIэтыкIыща зэрыхъуарщ. Хэбгъэзыхьмэ, СССР-м хэта республикэ 15-р зэрызэхэкIам хуэбгъадэ хъуну ари, пыгъэщхьэхукIа хъуащ. Аращ къэралым и ахъшэм и нэхъыбэр здэщыIэр. ИкIи абы псори есэжащ. Москва дэсхэм е къалащхьэм кIуауэ щылажьэхэм фIэкIыпIэ имыIэу я улахуэр нэхъыбэн хуейщ. Ар IэнатIэ псоми тещIыхьащ. Хэбгъэзыхьмэ, Къэбэрдей Балъкъэрым е Осетие Ищхъэрэм егъэджакIуэр улахуэкIэ ауэ жыжьэуи щылъэщIыхьэркьым Москва щыщ и лэжьэгъум. Абы щыгъуэми, яIыгъ класс бжыгъэр зэхуэдэщ, зыпэрытри зы IэнатIэщ. АтIэ, апхуэдэу щытын хуей? Властхэм мыбдеж тегъэщIапIэ щащI щIыналъэхэр я зыужьыныгъэкIэ зэрызэщхьэщыкIыр. Аращи я хэхъуэхэри зэхуэдэкъым. АрщхьэкIэ, зэт! АтIэ, щхьэ дызэхуэдэ дгъэзащIэ къалэнхэмкIэ. Псоми налогыу процент 13% дот - сом мини 7,5-рэ фIэкIа зи улахуэ мыхъухэми мелардырыбжэхэми. Апхуэдэ дыдэу къэралыр ­хъумэным и лъэныкъуэкIи ди пщэ къыдэхуэ къалэнхэр зэхуэдэ дыдэщ. Иджыри щапхъэ куэдыкIей къыпхуэхьынущ. А псом я щIыIужкIэ щIыналъэхэр гугъу езыгъэхь нэгъуэщI лъэпощхьэпохэри щыIэщ. Псалъэм и хьэтыркIэ, Урысейм и щIыналъэхэм къыщыхах налогхэм я зэхуэдитIыр ищхьэкIэ докIуей. Абы захуагъэ зэрыхэмылъыр куэд щIауэ IэщIагъэлIхэм жаIэ. ИужькIэ а ахъшэр щIыналъэхэм къыхуаутIыпщыж «дотацэ» фIащауэ. АтIэ, налогхэм я зэхуэдитIыр щIыналъэхэм къыхуагъанэ щхьэ мыхъурэ? Хъуну къыщIэкIынт, ауэ абы зыгуэрхэм белджылыуэ я сэбэп хэлъкъым. Аращи, щIыналъэхэм я нэхъыбэр зыщыгугъыр Москва къахуишиирщ. Мыбдеж куэди щелъытащ а къэзыутIыпщхэр къызэрыпхущытми. Пэжу, зи гугъу тщIы зэхуэмыдэныгъэр къыщежьар иджыкъым. Совет лъэхъэнэм Советхэм я Унэм щекIуэкIа зэIущIэшхуэ гуэрым дыщIэсу КПСС-м и обкомым и япэ секретарь Мэлбахъуэ Тимборэ къыджиIауэ щытащ: «Сэ куэдрэ язоIуэкI Москва къикI хьэщIэхэм: сыт Кавказ къуршхэм я адрыщIкIэ къыщалэжь мэлылыр дэ ди лъэныкъуэмкIэ щагъэхьэзырым нэхърэ щIэнэхъ лъапIэр? Абыхэм я деж къэралым нэхъ лъапIэу къыщещэху сытри. Ар къезэгъыркъым». Иджы уасэхэри лэжьапщIэхэри къэралым игъэувыххэркъым. Узыгъэлажьэм къыпхуишийрщ узыкъуэсынур. Апхуэдэ дыдэщ щIыналъэхэри: уи псэукIэр зэлъытауэ щытынур ущыпсэу щIыпIэрщ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, апхуэдэ щытыкIэм зи­хъуэжынуи фэ теткъым. . ШАЛ Мухьэмэд
{ "source": "apkbr.ru", "id": "425.txt" }
Дунейм щыхъыбархэр Фадэ, тутын ефэхэр нэхъ мащIэ мэхъу УФ-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм иджыблагъэ иригъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, фадэ, тутын ефэ щIалэгъуалэм я бжыгъэр иужьрей илъэсхэм нэхъ мащIэ хъуащ. Ар нэхъыбэу зи фIыгъэу цIыхум и Iэпкълъэпкъым зэран хуэхъухэр зрамыхьэлIэу, я узыншагъэм хуэсакъыу псэу нэхъыжьхэм я дуней тетыкIэр ныбжьыщIэхэми щапхъэ зэрахуэхъур арауэ къелъытэ УФ-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Скворцовэ Вероникэ. «Дэ дригушхуэу тхужыIэнущ курыт еджапIэхэм тутын зэрыщемыфэжыр, тутын ефэ сабийхэм я бжыгъэри куэдкIэ нэхъ мащIэ зэрыхъуар, - жиIащ абы. - Студентхэм ящыщуи а щхъухьым зыщызыдзейхэр нэхъыбэ хъуащ. Иужьрей илъэсийр къащтат къапщытэ пIалъэуи, ди къэралым тутыну щрафыр проценти 6-кIэ ехащ, тутынафэхэр цIыху мелуани 10-кIэ нэхъ мащIэ хъуащ». Министрым жиIахэм я щыхьэту, «Рос­пот­ребнадзор»-м мыпхуэдэ бжыгъэхэр къихьащ. 2007 гъэм Урысейм тутын щефэу щытащ цIыхухъухэм я процент 65-р, цIыхубзхэм я процент 30-р. Узыншагъэр хъумэнымкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэм 2015 гъэм иригъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм наIуэ къащIащ цIыхухъухэм я процент 59-р, цIыхубзхэм - 22,8-р тутын ефэу зэрыщытар - нэгъуэщIу жыпIэмэ, илъэсийм къриубыдэу а бжыгъэхэр, цIыхухъухэм я деж проценти 6-кIэ, цIыхубзхэм - проценти 7,2-кIэ нэхъ мащIэ щыхъуащ. УзыщыгуфIыкIыпхъэхэм ящыщу министрым къигъэлъэгъуащ фадэ ефэхэри хэпщIыкIыу нэхъ мащIэ зэрыхъуар. Табичи Питер и текIуэныгъэ 2019 гъэм и егъэджакIуэ нэхъыфIу дуней псом къыщалъытащ Кением и Накуру къалэм щыщ Табичи Питер. Курыт школым естественнэ щIэныгъэхэр ныбжьыщIэхэм щезыгъэдж щIалэм Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм я къалэ нэхъ ин дыдэ Дубаи иджыблагъэ щратыжащ Global Teacher Prize зэпеуэм щытекIуэм зэрыхуэупсэ доллар мелуаныр. Табичи щылажьэ школым зы компьютер закъуэ яIэу аращ, зы егъэджакIуэми сабий 58-рэ щыхуозэ. Апхуэдэу щыт пэтми, ар зыдэлажьэ сабийхэм текIуэныгъэхэр къыщахьащ щIыпIэ, дунейпсо зэхьэзэхуэ куэдым. Питер и фIыгъэкIэ сабий нэхъыбэ школхэм къешэлIа мэхъу, щIэблэм щIэныгъэ ягъэгъуэтын зэрыхуейм гулъытэ нэхъыби хуащI. «Ар си закъуэ си текIуэныгъэкъым. Ар дэтхэнэ зыми ди текIуэныгъэщ. Ар еджакIуэ цIыкIухэм, Кением, Африкэм щыпсэу дэтхэнэми къыхуэщхьэпэну текIуэныгъэщ», - жиIащ езы Табичи. И лэжьэгъухэм зэрыжаIамкIэ, абы и улахуэм и процент 80-р цIыхухэр зыхуей-зыхуэныкъуэхэр къахузэгъэпэщыным, еджэну зи нэ къикI ныбжьыщIэхэм ятрегъэкIуадэ. Индием щыщ хьэрычэтыщIэ Варки Саннищ дунейм щынэхъ егъэджакIуэфIыр къыхэхыныр зи къалэн зэпеуэ егъэкIуэкIыным теухуа жэрдэмыр 2015 гъэм къыхэзылъхьар. КъуэкIыпIэ Гъунэгъум щынэхъ ин дыдэ, сабий садхэмрэ школхэмрэ зыгъэлажьэ зэгухьэныгъэшхуэ къызэIуихауи ари егъэлажьэ Варки. Зэпеуэм пашэныгъэр щызыубыдым ират доллар мелуанри Санни и мылъкум къыхех. Конкурсыр зэрекIуэкI щIыкIэр и нэIэм щIэтщ Эмиратхэм я вице-президент икIи я премьер-министр, Дубаи и унафэщI Мухьэмэд бен Рашид аль Мактумэ. Зэпеуэм и мурад нэхъыщхьэр егъэджакIуэ IэщIагъэм дунейм и къэкIуэнумкIэ мыхьэнэшхуэ зэриIэр иджыри зэ хэIущIыIу щIынырщ икIи дэтхэнэ егъэджакIуэри и IэнатIэм жэуаплыныгъэшхуэ хэлъу бгъэдэтын зэрыхуейм къыхуеджэнырщ. Нобэ ♦Радиацэ къэхъукъащIэхэм я зэранкIэ дунейм ехыжахэм я фэеплъ махуэщ ♦ЦIыху акъылым къилэжьа мылъкум и дунейпсо махуэщ ♦Тэтэр Республикэм и лъэпкъ гуфIэгъуэщ - анэдэлъхубзэм и махуэщ ♦Марий Эл Республикэм щагъэлъапIэ лъэпкъ лIыхъужьым и махуэр ♦Армением и гъунапкъэхъумэм и махуэщ ♦1658 гъэм Урысейм и пащтыхь Романов Алексей и унафэкIэ Москва и Кремлым и чэщанэ нэхъыщхьэм и цIэр Спасскэ жиIэу зэрахъуэкIащ. ♦1828 гъэм Урысей империем Уэсмэн къэралыгъуэм зауэ ирищIылIащ. ♦1952 гъэм Мэлбахъуэ Тимборэ Къэбэрдей АССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и УнафэщIу хахащ. ♦1954 гъэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэр арэзы техъуащ и Президиумым къищта унафэм, Кърым областыр РСФСР-м хэгъэкIауэ Украин ССР-м хэгъэхьэным теухуам, икIи Совет Союзым и Конституцэм зыхуэфащэ зэхъуэкIыныгъэхэр хилъхьащ. ♦1986 гъэм къэуащ Чернобыль дэт атом электростанцыр. И лъэщагъкIэ ар хуэдэ 500-кIэ нэхъ гуащIэт 1945 гъэм США-м Хиросимэ щридзыха бомбэм нэхърэ. Радиацэм СССР-м и щIыналъэм щыщу километр зэбгъузэнатIэ мини 155-рэ иуцIэпIат, абы щыпсэу цIыху мелуаниблым я гъащIэмрэ узыншагъэмрэ и зэран екIынкIэ шынагъуэу. ♦1991 гъэм РСФСР-м и Совет Нэхъыщхьэм и УнафэщI Ельцин Борис Iэ щIидзащ «Лей зытехьа лъэпкъхэр гъэзэхуэжыным и IуэхукIэ» Законым. ♦1918 гъэм къалъхуащ совет эстрадэм и артист, СССР-м и цIыхубэ артист Акопян Арутюн. ♦1942 гъэм къалъхуащ макъамэдж, литературэдж, критик цIэрыIуэу щыта, УФ-м и цIыхубэ артист Бэлза Святослав. ♦1954 гъэм къалъхуащ урысей тележурналист Киселёв Дмитрий. ♦1958 гъэм къалъхуащ Адыгэ Республикэм и политикэ лэжьакIуэ, театровед, журналист, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Щхьэлахъуэ Светланэ. ♦1976 гъэм къалъхуащ къэрал къулыкъущIэ, Тамбов областым и администрацэм и унафэщI Никитин Александр. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 20 - 21-рэ, жэщым градуси 8 - 10 щыхъунущ. Лъэпкъ Iущыгъэ: Акъыл зиIэр акъылыншэми йочэнджэщ. Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "426.txt" }
ЦIыху гъащIэ кърагъэл Мэлыжьыхьым и 20-м Урысейм щагъэлъапIэ Лъы тыным и махуэм ирихьэлIэу, Урысейм и Суд приставхэм я федеральнэ къулыкъум и управленэу (УФССП) КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэм Налшык къалэ лъы щыхаш и IуэхущIапIэм лъы щатащ. Лъы тыным теухуа Iуэхур ирагъэкIуэкI абы хуэныкъуэ цIыхухэм ядэIэпыкъун папщIэ. «Лъы ттымэ, зыгуэрым и гъащIэ къыдогъэл»,- жаIэ суд приставхэм. Абыхэм фIыщIэ къахуищIащ IуэхущIапIэм и унафэщI Дудар Азэ. Дыгулыбгъу Жантинэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "427.txt" }
ЕтIуанэу къыщIэхуащ Урысей МВД-м и управленэу Налшык щыIэм СледствэмкIэ и управленэм уголовнэ Iуэху къиIэтащ ахъшэшхуэ зыкIэщIиупщIауэ шэч зыхуащI, банкхэм я зым и щIыналъэ къудамэу ди къалэм дэтым и унафэщIу щытам теухуауэ. Следствэм къызэритымкIэ, цIыхухъум 2012 гъэм и къулыкъур къигъэсэбэпри, и лэжьакIуэхэм къалэн ящищIащ езым ейуэ ятхыну щылажьэ банкым и къызэрыгуэкI акцэ мин 75-рэ, мелуан 12 и уасэр. Ахэр илъэс 77-рэ зи ныбжь налшыкдэсым ейт. Пенсионерым банкым кърищIар къыщищIэм хабзэхъумэ IэнатIэм зыхуигъэзащ. Шэч зыхуащIам, къызэрыщIэкIымкIэ, мы зэманым епшыныж нэхъапэIуэкIэ илэжьа апхуэдэ щIэпхъаджагъэм теухуауэ къытралъхьа тезырыр. Налшык къалэмкIэ УМВД-м и СУ-м УФ-м и Уголовнэ кодексым и 159-нэ статьям и 4-нэ Iыхьэм ипкъ иткIэ къиIэтащ уголовнэ Iуэху. Хабзэм ебэкъуам илъэси 10 тезыру тралъхьэнкIэ хъунущ. КъБР-м щыIэ МВД-м и пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "428.txt" }
Къулыкъум хуэпэжыну псалъэ ят Урысей ФСИН-м и IуэхущIапIэу КъБР-м щыIэм тезырхэр щапшын и 4-нэ колонием щызэхэтащ УФСИН-м и IэнатIэхэм къалэным щыпэрыувэ лэжьакIуэщIэхэм тхьэрыIуэ щата зэхыхьэ гуапэ. УФСИН-м и унафэщIхэмрэ пщIэ зиIэ и ветеранхэмрэ я пащхьэм лэжьакIуэщIэхэм псалъэ щатащ Урысей Федерацэм и Конституцэмрэ хабзэмрэ тетыну. ЩатIэгъа фащэмрэ псалъэ ятамрэ хуэпэжу уголовнэ-гъэзэщIакIуэ IэнатIэм и пщIэмрэ щIыхьымрэ сыт щыгъуи зэрахъумэнур, я къалэнхэр нэсу зэрызэфIагъэкIынур и фIэщ зэрыхъур жиIащ IуэхущIапIэм и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ къэрал кIуэцI къулыкъум и полковник Iэпщэ Арсен тхьэрыIуэ зыта лэжьакIуэщIэхэм щехъуэхъум. - Угловнэ-гъэзэщIакIуэ IэнатIэм и лэжьакIуэу ущытыныр - ар жэуаплыныгъэ зыпылъщ икIи тыншкъым. Фи къалэнхэм фыпэлъэщыну, узыншагъэ фиIэну сынывохъуэхъу, - жиIащ КъБР-м и УИС-м и Ветеранхэм я советым и тхьэмадэм и къуэдзэ Сасыкъ Анзор. Зэбар Мадинэ, КъБР-м щыIэ УФСИН-м и пресс-IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "429.txt" }
Тхылъ телъыджэ «КЪАРДЭНГЪУЩI Зырамыку и махуэ дэтхэнэри лэжьыгъэкIэ гъэнщIауэ, лъэп­къым хуэщхьэпэн Iуэху зэрихуэ зэпыту мэпсэу» жытIэмэ, егъэлея хъуну си гугъэкъым. Абы и зы щапхъэщ мыр. Зы­къом щIауэ сымаджэщ Зырамыку, ди жагъуэ зэрыхъущи, зэхэзекIуэ иIэжкъым. Абы къыхэкIыу, пIалъэ-пIалъэкIэрэ дыщIэупщIэн хуей мэхъу и узыншагъэм. Я унэ дыщыкIуи щыIэу, ауэ адыгагъэм къезэгъыщэу щымыт телефон­щIэупщIэр нэхъыбэу. Мис апхуэдэу телефонкIэ сыпсэ­лъауэ сыздыщIэупщIэм, ерагъ­кIэ псалъэхэр зэпищэу­рэ Зырамыку мыпхуэдэу къы­зэ­лъэIуащ: «КхъыIэ, Борис, иджыблагъэ къыдэкIа си тхылъым автограф фхутестхауэ щылъщи, зыгуэр къэгъакIуи егъэхьыж». «Тхьэразы къып­хухъу» жысIащ, къыддэлажьэ хъыджэбз цIыкIу згъакIуэри къезгъэхьыжащ. Сеплъмэ, - «АндемыркъанкIэ» еджэу хъыбарыжьхэмрэ уэрэдыжьхэмкIэ ди лъэпкъым игъафIэ лIы­хъужьым теухуауэ напэкIуэцI 400-м нызэрыхьэсу тхылъ зэIэщIэлъ! Сэ згъэщIэгъуар Зырамыку апхуэдэ тхылъ къызэрыдигъэкIаракъым. Зыкъым икIи тIукъым абы и Iэдакъэ къыщIэкIа тхылъ купщIа­фIэу дэ дыкъызэджар, ди тхылъ шкафхэм щыдгъафIэу дэлъхэр. Хьэуэ, сэ згъэщIэ­гъуар нэгъуэщIщ: афIэкIа узыншагъэ имыIэжу, пIэм щыхэлъыр нэхъыбэу, дауэ ар абы зэрелэжьыфар?! И нэIэ тетурэ зи тхылъ дунейм къытехьа дэтхэнэми ещIэ ар зэрымы­тыншыр, нэхъыщхьэм и гугъу умыщIи, нэщIысын, зэгъэзэ­хуэн хуейуэ Iуэху пэщэщэн куэд къызэрыкъуэкIыр. Зырамыку цIыху гумызагъэ дыдэу зэры­щытыр Iуэхум хэплъхьэжмэ, къызыщыгъэхъугъуейкъым ар абы зэрыщхьэщысар зыхуэ­дизыр. АтIэми, IэкIи псэкIи ­телъэщIыхьурэ, аргуэру зы тхылъ гъуэзэджэ лъэпкъым тыгъэ къыхуищIащ Зырамыку. IУТIЫЖ Борис. 2003 гъэ Зырамыку, Нало Заур, Бэрэгъун Владимир сымэ профессор Гиппиус Е. В. и унэм щолажьэ. Москва, 1978 гъэ
{ "source": "apkbr.ru", "id": "43.txt" }
ПОЛКЫМ И КЪУЭ ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 74-рэ щрикъум ирихьэлIэу Нэхулъэр къызэкIэщIитхъыу, жэщым къепща жьыр теужри, мэзыр щым хъужат. Уэс хьэщхьэтеуэр къызэщэщэха жыгхэр нэхъ IэпцIэлъапцIэу къыпфIэщIырт. Ахэри умэзэхат. Лъэужьхэр уэсым исеижати, щIымахуэ мэзым цIыхупсэ щымыдымыжми ярейт. Ауэ абы игъэпщкIурт цIыху куэд. Зэуэ мэзыр къагъэпсэлъащ абыхэм я Iэуэлъауэм. Жэщым щIыунэм щыщхьэукъуа зауэлIхэм пщэдджыжьышхэм щIадзэ. Бжьэ къэпщIам хуэдэу зэрызехьэу, абыхэм къаувыхь «къэзыкIухь» пщэфIапIэр. Бахъэр къызыщхьэщих шхыныгъуэр егуэш теувапIэм къытет пщафIэ щIалэшхуэм. Ар нащхъуэщ, пэтIинэщ, и нэкIущхьэхэр тхъуэплъщ. Зэрыжумартри фэуэ тетщ. «Фымыбэлэрыгъыу сIыфх!… Iыхьэ тIурытI фызот. Фымыгузавэ, къыдэхуэжынущ». Сэлэтхэри пщафIэм поджэж: «Гъэбэяу уи жьэри, гъэлажьэ уи Iэр!», «Зэгъэзахуэ, Вася, жаIэм уемыдэIуащэу», «Мыбы си кIэтIий кIапэр игъэ-быдэну къудейщ, си ныбэр къэзыгъэхуэбэн дэнэ къикIын?»… «Уэри апхуэдэ ныбэ зумыхьэ, ду нэщI хуэдиз хъууэ…», «Уэри укъыскIэщIэмыпIаскIуэ, уэ пхуэдитI сохъу сэ!», «Уа, зэрыназэ мы нэмыцэр, сэ къызэуэ и гугъэжу, си шынакъыр къысхуиугъуэнащ. Вася, зы шынакъ хьэху къызэт», «Уэстынукъым. Сэ шынакъ сщIыркъым - иджы ещанэу узот», «Ещанэ узот» жыпIа? Къащтэ, афIэкIа зы фашист къезгъэуэжынкъым», «Е, зинэкIэ къалъхуа, си лъэдакъэм текIи гъуэгум теувэ»… А псом щIэдэIуу, гупым яхыхьэн и дзэр шыуэ лъэныкъуэкIэ къыщытщ сэлэт фащэ хуэбыхъур зыщыгъ щIалэщIэ гуэр. Зи щыгъынхэр зэхэуфIея, зэхэчэтхъа зауэлIхэм ар къахощ щыгъ псори зэрыщIэрыпсымкIэ, и шынакъыр зэрызэщIэцIууэмкIэ… Ар пщэдджыжьышхэм хэкIыжыну къыщIэкIынт, сержант гуэрым гу къылъимытамэ. - Уэ мыбдеж щхьэ ущыт, къуэш цIыкIу, - жиIащ абы. - КIуэи, уи Iыхьэ къахэуд. А-а, уоукIытэ. КъакIуэ мыдэ… Ей, Вася, чэзу-мэзу хэмыту мы ди къуэш цIыкIум къыхуигъахъуэт. ЗауэлIхэр зэлъыIуокIуэт. А ныбжьыщIэр полкым къуэ ищIащ, я бын пэлъытэщ. Зэхъурджэуэн, зэдамэпкъэуэн щагъэт: щIалэ цIыкIум щапхъэфIрэ нэмысрэщ егъэлъагъун хуейр. Зигухэр фэжьIужь хъужа сэлэт пхъашэхэм щэхуу яхъумэ гурыщIэ нэхухэр, къызэрыщIэкIымкIэ, яфIэкIуэдатэкъым. Зэуэ Iэрпхъуэр къэхъуауэ, ахэр зэрохьэжьэ хэт и хъуржыныр къитIэщIу, хэт ныбжьыщIэр зытетIысхьэн пхъэ лъэдакъэжь къилъэфу, хэти Iэнэм ещхь гуэр иухуэу… ГъэтIылъыгъэ гуэрхэри къызыкъуахыжащи, лы гъэва зэрылъ дзэху банкIыр хуIуах, щIыдэр и жыпхэм из хуащI, нэмыцэ къуентхъыу яIыгъа шоколадыр къыхузэкIуэцIах: «Мэ, егъэмэракIуэх». ЩIалэ цIыкIум и гурыIупсыр ирегъэх, ауэ IэфIыкIэр яIихын идэркъым: - Ар фашистщ зыщIыр - сыхуейкъым. - УэI, - жи шоколадыр зыIыгъам. - Сэ абы сегупсысакъым… Афэрым! Узахуэщ. IэфIыкIэ зыфIэфIыр Васящи, абы естынщ. Си Iуэхущ «нэмыцэ щIэинщ» жиIэу къигъанэмэ. Шымэзокъуэ Борис къетIысэкIауэ зауэлIхэр машхэри зэхэсщ. Абы къеплъурэ, языныкъуэхэм я нэпсыр ялъэщI: я унагъуэхэр ягу къокIыж… Къадэхуар сэлэт ныбжьыщIэм и хъуржыным щыфIралъхьэм, къаIэщIэхутащ гъущI кIапэ гуэр. Кърахрэ еплъмэ - зэщIэлъыкIарэ зэщIэлыдэжу къамэ бэлыхь. - Мыр сыт, Борис? - Адэшхуэм и къамэщ, - пагэу жэуап етыж щIалэ цIыкIум, итIанэ, куууэ мэщатэри, къыщIегъу: - Зы фашист къыспэщIэхуакъым иджыри… И дунейр кIыфI хуэсщIынт мыбыкIэ… Командирым зауэм сыIуигъэхьэркъым. - Командирым и унафэм утепсэлъыхьыжыну къезэгъыркъым, Борис. Уэ усэлэтщ, хабзэр пщIэн хуейщ, - жраIэ абы зауэлIхэм. ГубгъуэмкIэ къыщыфиящ топышэхэр, пулемётышэхэр. Абыхэм мэз лъапэмкIэ уэс «Iэмбатэхэр» къыщызэщIаIэтэ. Сэлэтхэр мэз лъапэмкIэ зэрехьэжьащ. Командирыр къыщыIухьэнум пэплъэу Борис зеIэжьэ. Ар мэз гъунэм деж и закъуэпцIийуэ щытщ, и нэ пIащэ къэнэщхъеяхэмкIэ япэкIэ плъэуэ. «Дотэ, дэнэ ущыIэ? - къэIущэщащ ар. - Мами сиIэжкъым»… КъэпIыщIэри, ар дэлъейуэ хуежьащ, и Iэхэр зэригъэIуэту. Йозэшри пхъэдакъэм тотIысхьэж. ЩIыIэ зэрыхудихуара, зэуэ хуабапIэ щIыпIэм и гур мэпхъэр. Ар Москва ирашыжурэ гъэмахуэ къэс здашэжу щыта и къуажэжьырщ - Къулъкъужынщ. Драхьеймэ, гъущIэу, кърахьэхмэ, щIытэу Iыхьлыхэм, гъунэгъухэм къагъэлъапIэрт. ФIыуэ илъагъу кхъуейжьапхъэмрэ шхумрэ ирикъуху ишхауэ уэрамым къыдэжырти, псынэпс цIыкIум архъуанэшхуэ щищI щIыпIэм жэрт. Ныбжьэгъу къыхуэхъуа Хьэждаути, Къари, ЧыцIи, Къасболэти къыпэплъэу ярихьэлIэрти, зыбгъэпскIынумэ, къеблагъэ! ФIыуэ загъэщIыIэтыIа, есынкIэ зэпеуа нэужь, пшахъуэ пщтырыбзэм зыхадзэрт. Дыгъэри гуапэу щIыфэм еубзэрт. Ар зигу къэкIыжа сэлэт цIыкIур «хьыI» жери къыходыхьэшхыкI. Борис къыщохъу абы лъандэрэ илъэс мин дэкIауэ. Къэбэрдейм къикIыжу Москва къэкIуэжа нэужь, и классэгъухэм яхуигъэхъыбарыжырт здэщыIам щилъэгъуахэр. Псори къехъуапсэу къедаIуэу зэрыщыта нэгъунэ иджыпсту и нэгу къыщIоувэж… И адэ БетIал зэзэмызэ Борис къеупщIырт: - Ущыпсэуну дэнэ нэхъ къапщтэрэ? Къыхихынур имыщIэу куэдрэ гупсысэрти, жэуап итыжырт: - Абыи мыбыи. Зэми и адэм кIэрыхъыжьэнт: - Папэ, уи Iыхьлыхэр къэбгъанэу мыбы щхьэ укъэкIуа? - Уи мамэ сыкъидыгъуащ, - дыхьэшхырт БетIал. - Мамэ, удыгъуэну фIыкъым, апхуэдэу щхьэ пщIа? - зыхуигъазэрт и анэм. - АIей, а емыкIур… уэ уи фIэщ умыщI, - укIытэрт анэр. - Папэ мэгушыIэ. Апхуэдэу къэхъейри, Боря и адэр ирихулIауэ щытащ Iуэхум и пэжыпIэр къыжриIэну. Шымэзокъуэ БетIал Къэбэрдейм совет властыр щызыгъэувахэм жыджэру яхэтащ. Абы цIыхухэр зригъэдэIуэфырт. ЩIэныгъэ гуэри иIэт. Ирагъэджэну 1922 гъэм Москва ягъэкIуа щIалэ гупым ар яхэхуащ. БетIал щIотIысхьэ КъуэкIыпIэ лъэпкъхэм я коммунист еджапIэ нэхъыщхьэм. ЩIалэ гурыхуэм ар фIы дыдэу къеух. Ауэ абыкIи къызэтеувыIэркъым. А лъэхъэнэм щытхъушхуэ иIэт Плехановым и цIэкIэ щыIэ институтым. Къэрал Iуэху зехьэным щыхурагъаджэрт абы. Шымэзокъуэм ари къеух. БетIал щытхъу иIэт, еджагъэшхуэ хъуну къытраIуэрт. Ар Москва къыданэ, жылагъуэ щIэныгъэхэмкIэ академием щылэжьэну. Зауэр къэхъеихуи абы егъэджакIуэу щыIащ. Апхуэдэ цIыхухэр фронтым имыгъакIуэу къэралым ихъумэрт. Ауэ БетIал и псэм хутегъахуэкъым и Хэкум шынагъуэ къыщхьэщыхьауэ, езыр тхъэуэ-шхэуэ Москва дэсыну. Хахуэу, псэемыблэжу ар щызэуащ Ленинград деж. ЛIыгъэ зэрызэрихьам папщIи къыхуагъэфэщащ орденхэмрэ медалхэмрэ. Ауэ бийм къиухъуреихьа къалэр щихъумэжым и унагъуэмкIэ гукъыхэщт иIэтэкъым: ар фIыуэ щыгъуазэт фашистхэр Москва зэрыдамыгъэхьэнум. АтIэ абы дэнэ щищIэнт и щхьэгъусэр зэрымыпсэужыр? Апхуэдэу БетIал щыгъуазэтэкъым и щIалэ цIыкIур зеиншэу къызэрынам, ар полкым и къуэ зэрыхъуам. КъызыхэкIа лъэпкъым и фэеплъ къамэр къищтэри, Борис яхыхьащ Москва зыхъумэжхэм. Дауи, а IэщэмкIэ абы зыгуэр ищIэну и мурадт. И кIыр дыжьынрэ налкъут мыщIэхэр хэгъэтIысхьэжауэ, ар сыт хуэдэ къамэт езыр! Къипхмэ, нуру дыгъэм пэлыдырт… Адыгэ щIыхьыр, напэр ирахъумэжу, зы лIакъуэм къыIэщIэкIмэ, адрейм Iэрыхьэу ар илъэс куэдкIэ къэгъуэгурыкIуат. Иджы хуэдэ зэманхэм дежт ар къыщащтэр… Ауэ Борис къыхуихуакъым абыкIэ батэ игъэшыну. Сэлэт ящIати, командирым емыдаIуэу хъуртэкъым. Командирым, нышэдибэ хуэдэу, ар гъунэгъуу зауэм къыщыIуигъэхьэр зэзэмызэххэт… Абы и закъуэ? Къулыкъу зэрищIэм хуэдэу, пщыхьэщхьэ школым щеджэну къыхуигъэувати, емыджэу хъуртэкъым… Зауэ нэужьым Шымэзокъуэ Борис щIотIысхьэ кхъухьлъатэ Iуэхур щрагъащIэ еджапIэм. Ар къеухри, Шымэзокъуэм и къулыкъу Iуэхум щIедзэ. Борис илъэс куэдкIэ лэжьащ кхъухьлъатэ гупым я штурману. А лъэхъэнэм офицер щIалэм зыкъигъэлъэгъуащ зыпэрыт IэнатIэм зэфIэкIышхуэ щиIэу. Кхъухьлъатэхэм хэлъ пкъыгъуэ гуэрхэр егъэфIэкIуэным, зэрызэпсалъэ Iэмэпсымэхэм нэхъыфIу иризэхэпх, нэхъ жыжьэ урипсалъэ щIыным теухуауэ Шымэзокъуэм Iэджэ къигупсысырт. ИщIэри фIэмащIэт, и щIэныгъэми арэзы техъуэжыртэкъым. Арати, Борис щIотIысхьэ связымкIэ щыIэ академием. IуэхугъуэщIэ куэд зэгъэщIэн, джын хуейт. Адыгэ щIалэми лъэкI къигъанэртэкъым. СвязымкIэ щIэуэ къэунэху псоми щыгъуазэ зищIырт. Зыхуеджа Iуэхур фIы дыдэу зригъэщIауэ, абы академиер къеух. Хуеямэ, Москва къыдэнэжыфынут, ауэ езым идакъым, армэм къулыкъу щищIэмэ нэхъ къищтащ. Дзэм ар хуабжьу къыщысэбэпащ, абы и пэкIэ ямыгъэунэхуа, «иджырей» зауэм нэхъ сэбэп хуэхъунухэр Iуэхум ирихьэлIащ. Дэнэ ягъэкIуами, ар емызэшыжт, щIэр пхигъэкIыным хущIэкъурт. Илъэс зыбжанэкIэ Шымэзокъуэ Борис Европэм къулыкъу щещIэ, ди дзэр зэрызэпыщIа щIыкIэхэр ирегъэфIакIуэ. 1977 гъэм ар генерал-майор мэхъу. Хэкур и бын нэхъыфIхэр зэригъэпажэу щыIэ псомкIи Шымэзокъуэми къыхуэупсащ. Абы къратащ орденхэмрэ медалхэмрэ, щIыхь тхылъхэмрэ саугъэт лъапIэхэмрэ. Къэралым абы дзыхь къыхуищIат къулыкъушхуи. Борис СССР-м IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм я Генеральнэ штабым щылэжьащ, Афганистаным щызэуащ. Ауэ генералым и гъащIэр щIэхыу къызэпычащ. Илъэс 19 и пэкIэ Шымэзокъуэ Борис дунейм ехыжащ. Ноби ар ягу ихужыркъым абы къулыкъу къыдэзыщIахэм. Борис фIыкIэ ягу къыщагъэкIыж Къэбэрдей-Балъкъэрми. Ар ди республикэм куэдрэ къэкIуэжу, гуащIэрыпсэухэм я IуэхущIафэхэм щыгуфIыкIыу щытащ. Аращ и хэкуэгъухэми абы и фэеплъыр щIагъэлъапIэр. ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "430.txt" }
Курп Ищхъэрэм и тхыдэм теухуауэ ТхылъыщIэ «Терек» газетым и редактор нэхъыщхьэ Беслъэней Владимир и Iэдакъэ къыщIэкIа «Нижний Курп. Селение князей Ахловых. Страницы истории» къыдэкIыгъуэ гъэщIэгъуэныр иджыблагъэ дунейм къыщытехьащ Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм. - Тхылъым и фIэщыгъэцIэм къыбгурегъаIуэ ар зытеухуар - Курп Ищхъэрэр къызэрыунэхуам, ар зэрызэфIэувам, абы зэрызиужьам и тхыдэр щызэхуэхьэсыжащ. А жылэм ехьэлIа тхыгъэхэм япэу ущрохьэлIэ Къэбэрдеишхуэмрэ Джылахъстэнеймрэ хыхьэ щIыпIэхэу Чичагов Степан къигъэлъэгъуахэм икIи 1744 гъэм Къэбэрдей картэм къыщихьахэм. А щIыпIэм зэреджэу картэм къыщигъэлъэгъуар Сунжэ псыежэхым и ижьырабгъумкIэ щыс «Кургъуокъуэ жылэущ». Абы щыпсэуащ къуажэр къызэзыгъэпэща пщы Къанщауэ, Ахъло унэцIэр къызытехъукIар. 1810 гъэм Ахълоипщым и къуажэр Курп псыежэхым и Iуфэм Iэпхъуащ икIи совет зэманым а жылэм Курп ИщхъэрэкIэ еджэ хъуащ, - жеIэ тхылъ тедзапIэм и редактор нэхъыщхьэ Котляров Виктор. Iыхьэ пщыкIузу зэхэт мы лэжьыгъэм щытопсэлъыхь Ахълохэ иджырей щIыпIэм революцэм и пэкIэ (1917 гъэ) зэрыщитIысыкIам, абыхэм мэкъумэш хозяйствэм зэрызрагъэужьам теухуа Iуэхугъуэхэм. Тхылъым зыубгъуауэ щызэпкърыхащ къуажэдэсхэм совет зэманым я псэукIар зыхуэдэр. Лэжьыгъэм къыщыхощ Курп Ищхъэрэм щыпсэухэм ящыщу Къэбэрдей-Балъкъэрым и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ хуэзыщIа, зауэмрэ лэжьыгъэмрэ къыщыхэжаныкIа цIыхуищэхэр. Апхуэдэу КъБР-м и Тэрч районым и Курп Ищхъэрэ къуажэм и тхыдэ напэкIуэцIхэм зи цIэ къыхэнахэм я сурэтхэр, лъэпкъ дамыгъэхэр тхылъым куэду хагъэхьащ. Беслъэней Владимир и Iэдакъэ къыщIэкIащ тхыдэ дэфтэрхэр зи лъабжьэ, къыщалъхуа щIыналъэм теухуа къыдэкIыгъуэ зыбжанэ. Апхуэдэхэщ «Малая Кабарда» (1995 гъэ), «Малокабардинцы на фронтах Великой Отечественной войны 1941-1945 гг.» (1995 гъэ, 2000 гъэ), «Под сенью древнего Джулата» (1999 гъэ, нэгъуэщI авторым и гъусэу), «Тайна долины Заманкула» (2006 гъэ), «Партизанскими тропами» (2010 гъэ), «ОАО «Терекалмаз». Этапы большого пути» (2011 гъэ, нэгъуэщI авторым дэщIыгъуу), «Малая Кабарда в годы становления и развития социализма» (2017 гъэ). Абы и лэжьыгъэхэм увыпIэфI щаубыд Тэрч щIыналъэм хыхьэ щIыпIэхэм теухуа и къэхутэныгъэхэм: «Город Терек. История и современность» (2001 гъэ), «Новая Балкария в документах и судьбах» (2003 гъэ), «Уражайное. Страницы истории. XVII - нач. XXI в.» (2009 гъэ), «Инаркой. Страницы истории XVIII - начала XXI в.» (2018 гъэ). БЖЬЫХЬЭЛI Розэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "431.txt" }
Мэздэгу нэхъ гъунэгъу къытхуохъу Мэздэгу щIыналъэм щекIуэкIащ «Къэбэрдей-Балъкъ­э­рым и тхыдэм и напэкIуэцIхэр» фIэ­щыгъэр зиIэ лъахэдж гъэлъэгъуэ­ныгъэр. КъБР-м Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и управленэм къызэригъэпэща махуэшхуэм и къа­лэн нэхъыщхьэу ягъэуват Къэ­бэрдей-Балъкъэрымрэ Осетие Ищхъэрэ - Аланиемрэ щыпсэу лъэпкъ­хэм я зэныбжьэгъугъэр гъэ­быдэ­ныр, Мэздэгу щIыналъэм щыпсэу щIалэгъуалэм ди республикэм и тхыдэм, адыгэ лъэпкъым и щэнхабзэм теухуа я щIэныгъэм хэгъэхъуэ­ныр. ЩэнхабзэмкIэ унэм щекIуэкIа гъэлъэгъуэныгъэм кърихьэлIат Осетие Ищхъэрэ - Аланием лъэпкъ Iуэху­хэмкIэ и министр Фраев Сослъэнрэ а министерствэм и лэжьакIуэхэмрэ, Мэздэгу щIыналъэ администрацэм и Iэ­тащхьэ Рубаев Владимир, КъБР-м Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и управленэм и унафэщI КIурашын Анзор, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэ­ма­дэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, КъАХ-м и тхьэ­мадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Му­хьэмэд, Мэздэгу Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Дербит Валерий. Апхуэдэу махуэшхуэм къекIуэлIат Осетие Ищхъэрэми Ставрополь щIыналъэм и Курской щIыналъэми щыпсэу лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм я лIыкIуэ куэд. Махуэшхуэр къыщызэIуахым псалъэ иратащ хьэщIэ лъапIэхэм. Фраев Сослъэн къызэхуэсахэм махуэшхуэмкIэ щехъуэхъум къыхигъэщащ лъэпкъ­ щхьэхуэхэм я щэнхабзэмрэ тхы­дэмрэ ухэзыгъэгъуазэ Iуэхугъуэ­хэр псом хуэмыдэу Мэздэгу щIынальэм щегъэкIуэкIыныр щхьэпэу къызэрилъытэр, сыту жыпIэмэ, ар лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ куэд щыпсэу щIыналъэщ. Зэгъунэгъу республикэхэм щыпсэухэр зэрыщIэным, зэгуры­Iуэным, лIэщIыгъуэ блэкIахэм псэуа я нэхъыжьхэм къащIэна хабзэфIхэр, зэхущытыкIэ дахэхэр хъумэн, егъэ­фIэкIуэн зэрыхуейр къагурыIуэу а Iэ­на­тIэм пэрытхэм я лэжьыгъэр абы зэ­рытраухуэр жиIащ министрым. Абы и гупсысэр диIыгъыу къэпсэ­лъащ КIурашын Анзори. Абы псалъэ гуа­пэхэр яхужиIащ махуэшхуэр къы­зэ­гъэпэщынымкIэ щIэгъэкъуэн къахуэхъуа псоми икIи фIыщIэ тхылъ­хэмрэ саугъэтхэмрэ яритащ. Апхуэдэу къызэхуэсахэм хъуэхъу дахэкIэ захуигъэзащ ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий. - Ди адэжьхэм къащIэна хабзэ дахэхэм щIэблэр щIэпIыкIын къалэныр нэхъыщхьэхэм ящыщщ, абы арэзы техъуэну си гугъэщ дэтхэнэ зыри. Абы хуэгъэза Iуэхугъуэ щхьэпэщ нобэ мыбы сабии балигъи къезышэлIа махуэшхуэр. Ижь-ижьыж лъандэрэ зэгъунэгъуу къызэдэгъуэгурыкIуэ осетинхэмрэ адыгэхэмрэ яку дэлъа зэхущытыкIэ дахэхэм дрогушхуэ, ахэр хъу­мэнымрэ егъэфIэкIуэнымрэ лъэ­ны­къуитIри йогугъу, икIи «Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхыдэм и напэкIуэцIхэр» гъэлъэгъуэныгъэр абы щыхьэт тохъуэ, - жиIащ Сэхъурокъуэм­ икIи бысымхэм саугъэт лъапIэхэмкIэ яхуэупсащ. Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и къэп­сэлъэныгъэм къыхигъэщащ Мэздэгу щIыналъэмрэ Ставрополь крайм и Курской районымрэ щыпсэу адыгэ­хэм илъэс тIощIым щIигъуауэ якIэ­лъы­кIуэу зэрыщытыр, абыхэм ще­кIуэкI лъэпкъ-щэнхабзэ фестивалхэм жыджэру зэрыхэтыр. Ар гуапэу ехъуэхъуащ махуэшхуэм кърихьэлIахэм икIи Хасэм къыбгъэдэкIыу Мэздэгу адыгэхэм я лъэпкъ-щэнхабзэ зэгухьэныгъэм саугъэтхэр иритащ. - Мы щIыналъэм щыпсэу лъэпкъ зэ­мылIэужьыгъуэхэм яку дэлъ зэгурыIуэныгъэмрэ зэныбжьэгъугъэм­рэ нэрылъагъущ. Ди гуапэщ а зэхущытыкIэхэр нэхъри быдэ хъуну, - жиIащ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. КъБР-м и Лъэпкъ музейм Мэздэгу къалэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм и щIыхьэпIэм деж къыщызэригъэпэщат IэрыщI гъуазджэм дихьэххэм я IэдакъэщIэкIхэм я гъэлъэгъуэныгъэ хьэлэмэт. Адыгэ фащэ зэмылIэужьыгъуэхэм къадэкIуэу, абы щыплъагъунут фащэм и пкъыгъуэ щхьэхуэхэр, мэлыцым къыхэщIыкIа арджэнхэр, пасэрей унагъуэ хьэпшыпхэр, нэ­гъуэщIхэри. Махуэшхуэм къекIуэлIа дэтхэнэ зыми адыгэ лъэпкъым и тхыдэмрэ и щэнхабзэмрэ нэхъыфIу зы­хищIэн, ар зыхэпсэукIар нэхъ Iуп­щIу ирагъэлъагъун папщIэ мастер-класс зыбжанэ къызэрагъэпэщат. Ды­щэидэ IэщIагъэм и щэхухэм теп­сэлъыхьащ, ар къызэхуэсахэм нэры­лъагъу ящищIащ «Урысейм и цIыхубэ мастер» цIэ лъапIэр зезыхьэ Мэш­кIуашэ Маринеттэ. Мэзло Руслан и арджэн щIыкIэм дихьэхахэр псом хуэмыдэу куэд хъурт. Руслан и Iэпэхэр IэкIуэлъакIуэу зэрылажьэм кIэ­лъыплъ къудей мыхъуу, абыхэм ящыщ дэтхэнэ зыри хуейт арджэн зэIуищэну. Адыгэ къафэмкIэ мастер-клас­сыр иригъэкIуэкIащ «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблым и художественнэ унафэщI Атэбий Игорь. Апхуэдэу къыхэгъэщыпхъэщ Мэздэгу щыIэ музейм, а къалэм и администрацэм и унафэщI Рубаев Владимир и жэрдэмкIэ, адыгэхэм ятеухуа плIанэпэ къызэрыщызэIуа­хынур икIи абы япэ хьэпшып зыбжанэ КIурашын Анзор тыгъэ яхуи­щIащ. Фестиваль-гъэлъэгъуэныгъэр иухащ концерт хьэлэмэткIэ. Залым и утыкум зэдитащ, я зэфIэкIхэмкIэ къызэхуэсахэр ягъэгуфIащ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Осетие Ищхъэ­рэ - Аланиемрэ я уэрэджыIакIуэ нэхъыфIхэмрэ къэфакIуэ гупхэмрэ. Налшык - Мэздэгу - Налшык ЩОДЖЭН Iэминат, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэм и къуэдзэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "432.txt" }
Япэ адыгэ мюзиклыр - «Нартхэ я дыгъэ» Налшык и Музыкэ театрым нэгъабэ щагъэлъэгъуащ КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ Iу­тIыж Борис и драмэ-поэмэм къыт­ра­щIыкIа «Нартхэ я дыгъэ» япэ адыгэ мюзиклыр. Ар ягъэуват тхакIуэ щэджащэр къызэралъхурэ илъэс 76-рэ щрикъум ирихьэлIэу. - Лъэпкъыр дызэрыгуш­хуэ, адыгэм ди набдзэ IутIыж Борис и Iэдакъэ къы­щIэкIа тхыгъэхэмкIэ ди бзэм и дахагъэр, ди тхыдэм и ­куу­а­гъыр дуней псом хэIущIыIу щыхъуащ. Лъэужь дахэ къытхуэзыгъэна тхакIуэр зэрызикъуажэгъум срогуш­хуэ. НыбжькIэ зэхуаку диIэми, дыкъызыдэкIа жыла­гъуэм, ди лъэпкъым худиIэ лъагъуныгъэм нэхъри зэпэгъунэгъу дищIырт. Сыт хуэдэ Iуэху етхьэжьэми зэпымыууэ зэман къытхуэзыгъуэту, зи чэнджэщхэмкIэ зыкъыт­щIэзыгъакъуэу, пщIэшхуэ зы­хуэт­щIу щыта ди нэхъы­жьы­фIыр зэи тщыгъупщэнукъым. Борис здэкIуам хабзэ гуэр къыщекIуэкIыу щытмэ, «Нартхэ я дыгъэ» и драмэ-поэмэм къытетщIыкIа «Нарт­хэ я дыгъэ» япэ адыгэ мюзиклым Тхьэм и псэр щигъэгуфIыкI, - жиIащ лэжьыгъэм и унафэщI икIи абы ­макъамэр хуэзытха Къул Амир. Къыхэгъэщыпхъэщ, «Нартхэ я ­дыгъэ» япэ адыгэ мюзиклым хэтхэу Хъусин Анзор (Уэзырмэс), ЦокIыл Азэмэт (Сосрыкъуэ), Мамий Къазбэч (Бэдынокъуэ), ЛампIэжь Аслъэн (Ашэ), Гугъуэт Алинэ (Ашэней), Насып Астемыр (Уащхъуэ), Къаз­дэхъу Мухьэмэд (Щыблэ), Къумыкъу Лианэ (Лашын), Хьэмокъуэ Аслъэн (КъуийцIыкIу), нартхэм, чынтхэм, шейтIанхэм я ролхэр зыгъэзэ­щIахэм, уэрэдымкIэ «Амикс» театрым и къэфакIуэхэмрэ «Амиксики» гупымрэ пылъхьэншэу зэрыджэгуар, я къалэнхэм фIыуэ зэрехъулIар. Теплъэ­гъуэм хэтахэм я утыку итыкIэкIи я фащэкIи дагъуэншэу зыкъагъэлъэгъуащ. Зыми хэмыгъуэщэну IутIыж Борис и адыгэбзэ къулейр, шэрыуэр абыхэм апхуэдизкIэ дахэу, екIуу ягъэбзэрабзэрти, уедаIуэ пэтми зы­щыбгъэнщIыртэкъым. Теплъэгъуэр щекIуэкI утыкур ап­хуэдизкIэ екIуу къызэрагъэпэщати, Iуэхур щекIуэкI мылылъэ лъэхъэнэм укъыщыхута хуэдэу къыпщыхъурт. Ролхэр зыгъэзэщIахэм къехъулIащ нартыжьхэм я теплъэр, я хьэл-щэнхэр, я псэукIар къагъэлъэгъуэжын. ЛIыхъужьхэр къызэримыкIуэтыр, ахэр зыхуэныкъуэ дыгъэр къахьыжыным ерыщу зэрыщIэбэныр ­теплъэгъуэм ди нэгу щыщIокI. Нартыжь Хэкум щытепщэ, мыхъумы­щIагъэхэр зи Iэужь Щыблэрэ Уащ­хъуэрэ, абыхэм я дэрэгъу шейтIанхэм, бзаджэнаджэхэм, чынтхэм япэщIоувэ захуагъэм и телъхьэ нарт лIыхъужьхэр. Нэхъы­жьыфIу, чэнджэщэгъуу нартхэм яIэ Ашэ лIы­хъужьхэм къажреIэ къахуигъэгъуну лъэIукIэ Уащхъуэ зыхуа­гъэзэну, абы и губжьыр щхьэщагъэкIын папщIэ цIыхупсэ ягъэныну зэрыхьэзырыр. Тхьэ пэлъытэ Уащ­хъуэ ахэр елъэIунут, щIыхьрэ тыхьрэ хуащIынут, апхуэдизу зыхуэныкъуэ дыгъэр къахьыжын папщIэ сыт хуэдэ Iэмалри къагъэсэбэпыну хьэзырхэти. Уащ­хъуэ и лIыкIуэ Щыблэм ­нартхэм хъыбар къарегъащIэ Уэ­зырмэс ипхъу ­дахэ Ашэней и псэм фIэкIа нэгъуэщI зэрыхуэмейр икIи ар и адэм иукIыжыну нартхэм къа­хуегъэув. Зи Хэкумрэ лъэпкъымрэ зи псэр щхьэузыхь хуэзыщIыну хьэзыр хъы­джэбз хахуэ Ашэней и адэмрэ и лъэп­къэгъу лIыхъужьхэмрэ зыхэт бэлы­хьыр щи­лъагъукIэ, и гъащIэр фIэ­лъапIэми, зэфэну псыр иджыри къэмыжами, и лъагъуныгъэ къабзэм хуэпабгъэми, Уащхъуэ къахуигъэувам арэзы то­хъуэ, арщхьэкIэ, а гузэвэгъуэм и ­хъыбар зылъэIэса ­Сосрыкъуэ уIэгъэу нартхэмрэ чынтхэмрэ зыщIау­быда щIыунэм къыщIокIыж, Щыблэ поуври егъэшынэ, Ашэней дахэри ажалым кърегъэл. Сосрыкъуэ бла­гъуэм токIуэри, нартхэм я дыгъэр, насыпыр, гуапагъэр, щхьэхуитыныгъэр къа­хуехьыж. Лэжьыгъэр къазэрехъулIар къы­хагъэщу, абы зи зэфIэкIрэ зи гуа­щIэрэ езыхьэлIахэм хъуэхъу гуапэ-хэр хужаIэу къэпсэлъащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и президент Сэхъурокъуэ Хьэутий, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд сымэ, нэгъуэщIхэри. - Къул Амир зи пашэ уэрэдымкIэ «Амикс» театрым и щIалэгъуалэ гупым ди адыгэ щэнхабзэм, гъуазджэм хэлъхьэныгъэ телъыджэ хуа­щIащ. ДяпэкIи ар зыгъэбэгъуэн Тхьэм фищI. ЩIэблэм щIэныгъэ щратым и мызакъуэу, ди щIыналъэм щыпсэу лъэпкъхэм я хабзэхэм, щэнхабзэм, гъэсэныгъэм щыхагъэгъуазэ КъБКъУ-м. Лэжьыгъэр зи ­Iэдакъэ къыщIэкIа IутIыж Борис и псэр ныщхьэбэрей гъэлъэгъуэныгъэм Тхьэм щигъэгуфIыкI. Ди лъэп­къым и блэкIар, и тхыдэр уи нэгу къыщIэзыгъэхьэ мы мюзикл куп­щIафIэм еплъхэм дерсхэр къызэрыхахынум, абы и тхыгъэ щхьэпэхэм дяпэкIи гулъытэ зэрыхуащIынум шэч къытесхьэркъым. Ди лъэп­къыр адэкIи кIуэтэн, зиужьын папщIэ ди бзэр, ди хабзэр тхъумэжын ­хуейщ. Абы и лъэныкъуэкIэ мыпхуэдэ лэжьыгъэхэр щхьэпэщ, уасэншэщ. АдэкIи ди лъэпкъ щэнхабзэмрэ ­гъуазджэмрэ зыгъэбэгъуэн, зыгъэбеин щIэблэ Тхьэм къыдит! - жиIащ Сэхъурокъуэ Хьэутий. Сэхъурокъуэм Дунейпсо Адыгэ Хасэм и щIыхь тхылъыр яритащ Къул зэщхьэгъусэхэу Амиррэ Ланэрэ, ­ЦокIыл Азэмэт, Хъусин Анзор, Къу­мыкъу Лианэ сымэ. - IутIыж Борисрэ сэрэ 1965 гъэм ды­зэрыцIыхури, дызэныбжьэгъуу ды­къекIуэкIащ. Ар къыщалъхуа махуэм ирихьэлIэу къыпхуэмыIуэтэну мюзикл гъуэзэджэ, гъэщIэгъуэн ­утыку къизыхьахэм фIыщIэ яхуэфащэщ. Лэжьыгъэм зи гуащIэ езы­хьэлIа цIыкIуи ини фи гъащIэм Тхьэм къыфхупищэ. Мы лэжьыгъэмкIэ ­Къул Амир КъБР-м и Композиторхэм я зэгухьэныгъэм хагъэхьэну хуэфащэу къызолъытэ. Ар къалъытэмэ, ди гуапэщ, - жиIащ ХьэфIыцIэ Мухьэ­мэд. КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, республикэм ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм профессиональнэ гъуазджэмрэ художественнэ егъэджэныгъэмкIэ и къудамэм и унафэщI ПащIэ Рамед япэ адыгэ мюзиклыр зыгъэлъэгъуа «Амикс» театрым псалъэ гуапэхэр хужиIащ икIи къыхигъэщащ хабзэ хъуауэ апхуэдэ лэжьыгъэ щхьэпэхэмкIэ гупым республикэм исхэр зэригъэгуфIэр. ПащIэр КъБР-м щэнхабзэмкIэ и ­министр Къумахуэ Мухьэдин къыбгъэдэкIыу мюзиклыр зыщIахэм дя­пэкIи зэфIэкIрэ ехъулIэныгъэрэ яIэну ехъуэхъуащ икIи зи лIыкIуэ министерствэм и щIыхь тхылъыр зы­хуагъэфэщахэу «Амикс» гупым и уэрэджыIакIуэхэу Гугъуэт Алинэрэ Насып Астемыррэ, КъБКъУ-м щIалэгъуалэ политикэмрэ гъэсэныгъэ лэжьыгъэхэмкIэ и управленэм и унафэщI Лу Азэмэт сымэ яритыжащ. - Ныщхьэбэ щIалэгъуалэм утыку кърахьа теплъэгъуэ щIэщыгъуэм дызыIэпишауэ деплъащ. Ар зи IэдакъэщIэкIхэу Къул Амиррэ абы и гъэсэнхэмрэ фIыщIэ фхуэфащэщ. IутIыж Борис и адыгэбзэ къулейр щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ дахэу зэрагъэшэрыуэм, зэрагъэбзэрабзэм уедэIуэныр куэд и уасэщ. Мыр япэ адыгэ мюзиклщ. ЗэрытщIэщи, «япэ» псалъэр пыту утыку укъихьэныр, дауи, тыншкъым. Ауэ, ар къызэрохъулIар къалъытэу Iэгу пхуе­уэныр уасэншэщи, иджыри теплъэгъуэ куэд вгъэлъэгъуэну, лъэпкъыр дывгъэгуфIэну ди гуапэщ. Гупми абы и унафэщIми фи гуащIэм и шхыгъуэ Тхьэм куэдрэ фригъахуэ, фи гъуэгур бгъуфIэ ухъу, Тхьэм фыздигъэузыншэ! - жиIащ Хьэ­тIохъу­щокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэм и унафэщI Табыщ Мурат. Адыгэбзэ Хасэм къыбгъэдэкI фIыщIэ тхылъыр Табыщым яритащ Къул Амир, КъБКъУ-м и «Амикс» ­театрым, КъБКъУ-м и проректор ­Къумыкъу Iэуес сымэ. Налшык къалэ администрацэм щэнхабзэмкIэ и управленэм и ­уна­фэщI Токъуий Мадинэ и гуапэу къыхигъэщащ зэгуэр IутIыж Борис и гъэсэну щыта Къул Амир иунэтI ­щIалэгъуалэм я зэфIэкIым ущы­кIэлъыплъкIэ лъэпкъым къэкIуэну дахэ зэриIэм, щIэблэм адыгэбзэр зэрахъумэнум шэч къызэ­ры­ту­мыхьэр. Абы я IуэхущIапIэм и щIыхь тхылъыр яритыжащ мюзиклым хэлэжьыхьахэу ЦIыпIынэ Аслъэн и цIэр зэрихьэу КъБКъУ-м щыIэ Адыгэ щэнхабзэмкIэ центрым и унафэщI Езауэ Мадинэ, художник-постановщик Къэнэмэт Лейла, звукорежиссёр ЦокIыл Рустам, художник-декоратор Сидакъ Залым, «Акро­поль» щэнхабзэ-нэгузыужь Iуэху­щIапIэм и унафэщI Къардэн Хьэсэн, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Кузнецов Юрий, «Амикс» театрым хэт Насып Астемыр, аранжировкэ зы­щIахэу Уэрдэщ Залым, КIытIэ Тимур, Болэ Наталье, режиссёрым и дэ­Iэпыкъуэгъуу щыта Къул Ланэ сымэ. Пшыхьым кърихьэлIа, «Амикс» ­театрым гуфIэгъуэр дэзыгуэша ­псоми фIыщIэ яхуищIащ КъБКъУ-м и проректор Къумыкъу Iэуес. Абы жиIащ Къул Амир IутIыж Борис и лэжьыгъэм къыщIытеувыIам щхьэу­сыгъуэ зэриIэр икIи ягу къигъэкIыжащ илъэс зыбжанэ ипэкIэ гупым япэ концерт щитам гъуэгу махуэ техьэну тхакIуэ щэджащэр ехъуэхъуу, къамыгъэщIэхъуну зэрыщыгугъри щIигъужауэ зэрыщытар. Къумыкъу Iэуес щIыхь тхылъхэр яритащ лэжьыгъэр ягъэувынымрэ ар утыку щагъэлъэгъуэнымкIэ «Амикс» театрым къыдэIэпыкъуахэм. - СызэригугъэмкIэ, театрым хэт щIалэгъуалэм IутIыж Борис къагъэщIэхъуркъым. ТхакIуэм и лъэп­къым, теплъэгъуэм щыджэгуахэм я адэ-анэхэм фIыщIэ яхуэсщIыну сыхуейщ япэ адыгэ мюзиклыр зэрагъэувам папщIэ. Абы КъБКъУ-ри пшыхьым кърихьэлIа псори дрогушхуэ. Мы лэжьыгъэм и щIыбагъ ­гугъуехь куэд дэлъми, къазэре­хъулIам шэч хэлъкъым, - жиIащ ­Къумыкъу Iэуес. Пшыхьым зыкърезыгъэхьэлIа ­Къул Амир и анэм къызэхуэсахэм я цIэкIэ фIыщIэшхуэ хуащIащ республикэм, къэралым и цIыху щыпкъэ, адыгэпсэ щIалэ къызэригъэхъуам папщIэ. Iэгуауэм щIэту Амир и анэм удз гъэгъа Iэрамэшхуэ тыгъэ хуи­щIащ. «Амикс» гупым лэжьыгъэм IупщIу къыщагъэлъэгъуэжащ чынтхэр, хьэщхьэвылъэхэр, шейтIанхэр, бзаджэнаджэхэр щытепщэу щыта ­нартыжьхэм я щIыналъэр, абыхэм я теплъэр, я псэукIар. Тхыгъэм и куп­щIэр, и мыхьэнэр - сыт хуэдэ гузэвэгъуэ къэхъуми цIыхур цIыхуу къэ­нэжын, Тхьэм и тыгъэ нэхъ­ лъапIэ дыдэу щыт гъащIэм цIыхухэр хуэсакъыу яхъумэн, насыпым щIэбэнын зэрыхуейрщ. Лэжьыгъэм и кIыхьагъкIэ щыпхыша гъащIэм сыт щыгъуи фIыр, гуапагъэр, лъагъуныгъэр ем зэрыщытекIуэр нобэрей махуэм и джэрпэджэжщ. Нартхэм я мылылъэ щIыналъэм нарт лIыхъужьхэм я фIыгъэкIэ дыгъэ нурыр къызэрыщепсыжыр ди нэгу щIэкIащ. Къафэр, уэрэдыр, гушыIэр щытепщэ, дыгъэ нурым и бзийхэр зылъэIэс нарт Хэкум щекIуэкI гуфIэгъуэ джэгум укIэлъыплъыныр гухэхъуэгъуэт. ЛIыхъужьхэр нэщанэмрэ шабзэмрэ щхьэж я зэфIэкI щагъэ­лъагъуэрт, пщащэхэм лIыхъужьхэм хуауса уэрэдхэр жаIэрт, хъыджэбз цIыкIухэр уагъэ щIынымрэ ды­щэи­дэмрэ, щIалэ цIыкIухэр бланагъэм хуагъасэрт. Шхыныгъуэ, пхъэщхьэ­мыщхьэ, хадэхэкI зэмылIэужьыгъуэ­хэмкIэ гъэнщIа Iэнэхэр унэгуащэхэм къаузэдащ… КъыпхуэмыIуэтэным хуэдэу лэ­жьыгъэр удихьэхыу, узыIэпишэу ягъэу­ващ. Абы зи фIыщIэ лей хэлъу зи цIэ къраIуахэм ящыщщ балетмейстр-постановщик Кузнецов Юрий. Тхыгъэр зи Iэдакъэ къыщIэкIа IутIыж Борис псэужамэ, мы мюзиклым ­хуабжьу зэрыщыгуфIыкIынум, ар Iыхьэлейуэ гуапэ зэрыщыхъунум шэч хэлътэкъым. ЗэрыжаIэу, теплъэгъуэм щэрэ къыпхутепсэлъыхьыж нэхърэ зэ нэхъ мыхъуми уеплъмэ нэхъ щхьэпэщ. Мюзиклым еплъахэм дерс щхьэ­пэхэр къыхахыну ­дыщогугъ. Абы ­дыкъыхуреджэ псори дызыщIэ­хъуэпс, ди псэм щыд­гъафIэ насыпыр тхъумэну, нобэ къыттепсэ дыгъэ нурыр зэи мыу­жьыхыжу и нэхумрэ и гуапэмрэ къыт­лъэIэсу дыпсэуну дыхущIэкъуну. Япэ адыгэ мюзиклыр щхьэпэщ ди лъэпкъым и тхыдэр жыжьэ къызэрыщежьэр, ди адэжь­хэм я гупсысэр зэрыкуур, тIурылъ адыгэбзэр зэрыдахэр зыщамыгъэгъупщэу, абы и IэфIыр зыхащIэу щIэблэр къэгъэ­хъунымкIэ. Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ. ТЕКIУЖЬ Заретэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "433.txt" }
«Дэтхэнэ зы ныбжьыщIэми и ехъулIэныгъэ» федеральнэ проектым хыхьэу Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщызэIуахынущ сабий зэчиифIэхэр къэгъэнэIуэнымрэ апхуэдэхэм защIэгъэкъуэнымкIэ центр Къэбэрдей-Балъкъэрыр яхэхуащ «Дэтхэнэ зы ныбжьыщIэми и ехъулIэныгъэ» федеральнэ проектыр 2019 гъэм къриубыдэу щагъэзэщIэну щIыналъэхэм. Абы папщIэ республикэм къыхуаутIыпщащ сом мелуан 213-м щIигъу. А ахъшэр хухахынущ сабий зэчиифIэхэр къэгъэнэIуэнымрэ апхуэдэхэм защIэгъэкъуэнымкIэ центр Налшык къалэм къыщызэIухыным. Центрыр щытынущ илъэс хъурейм къриубыдэу цIыкIухэм «ЩIэныгъэ», «Гъуазджэ», «Спорт» унэтIыныгъэхэмкIэ щадэлэжьэну щIыпIэу, абы егъэджэныгъэр, IэщIагъэм хуэгъэсэнымрэ хьэрычэт лэжьыгъэмрэ щызэгъэуIуауэ икIи школакIуэхэр олимпиадэхэм хуэгъэхьэзырын Iуэхум зегъэужьыным хуэгъэпсауэ. Проектыр зыгъэзэщIэнухэм ящыщщ мы лэжьыгъэр методикэ и лъэныкъуэкIэ зыунэтIыну, Сочэ дэт «Сириус» центрыр, апхуэдэуи Бауман Н. и цIэр зезыхьэ МГТУ-м, МФТИ-м, Бэрбэч Хь. и цIэр зезыхьэ КъБКъУ-м я щIэныгъэлIхэр. КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэмрэ Налшык къалэм и администрацэмрэ пщэрылъ щащIащ, УФ-м и Президент Путин Владимир Федеральнэ Зэхуэсым Зэрызыхуигъэзам сабий зэчиифIэхэм защIэгъэкъуэным хуэунэтIауэ щыубзыхуа къалэнхэр гъэзэщIэныр и лъабжьэу, Налшык къалэм и сабий лагерхэм ящыщ зым юнармейцхэм зыщагъэсэн «Хэкупсэ» дзэ-хэкупсэ парк къыщызэгъэпэщыныр. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "434.txt" }
Адыгэ ныпыр Эверестым щызыIэта Мэз Каринэ 2011 гъэм, Адыгэхэм я фэеплъ махуэм ирихьэлIэу, дуней псом и бгы нэхъ лъагэ дыдэ Эверестым (метр 8848-рэ) дэкIри, абы и щыгум ди лъэпкъ нып щхъуантIэр япэ дыдэу щиIэтащ Мэз Каринэ. Дунейм и бгы нэхъ лъагэ дыдэм тету спутник телефонкIэ къэпсалъэри а хъыбар телъыджэр къытхуиIуэтат езы Каринэ. Хуабжьу гуапэ тщыхъуат Эверест (Джомолунгмэ) дэкIыныр Мэзым зэрытриу­хуар Адыгэхэм я фэеплъ махуэмрэ Дунейпсо Адыгэ Хасэр (ДАХ) къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 20 зэрырикъумрэ. АбыкIэ щIэгъэкъуэн къыхуэхъуат Iуэхум текIуэдэну мылъкур хухэзыхахэу «Бум-Банк» (унафэщIыр Ажахъуэ Къанщобийщ), «Алика-К» (Къуэжьокъуэ Артур), «Борэн-текстиль» (Шыкъ Борэн) акционер обществэхэр. Мэз Каринэ зыхэт гупым пасэу зыхуэгъэхьэзырын щIидзащ дуней псом и бгы нэхъ лъагэ дыдэм зэрыдэкIынум. ТекIуэныгъэ Иным ирихьэлIэу ахэр Эверест и ищхъэрэ щыгум - Чанцзе (метр 7500-рэ и лъагагъщ) - дэкIащ. Абы иужькIэ зыщагъэпсэху базэм къагъэзэжри, махуэ зыбжанэкIэ метр 6400-рэ зи лъагагъ хэщIапIэм щыIащ. Дунейр уэфI зэрыхъуу, накъыгъэм и 18-м, Каринэ Эверестым ебгъэрыкIуэн щIидзащ. Япэ махуэм ар метр 7000-м нэсащ. КъыкIэлъыкIуэм аргуэру километр ныкъуэ хигъэщIащ. Накъыгъэм и 20-м и пщэдджыжьым Мэз Каринэ Iэпхъуащ метр 8300-рэ и лъагагъыу щыIэ лагерым. Абы кIэух гъуэгуанэм зыщигъэхьэзыру щIидзащ. Мыбдежым хуабжьу сэбэп къыщыхуэхъуащ и тренер Хъуп Рудольф зыхуигъэса Iэмалхэр. Арати, Непалым и щIыпIэ зэманымкIэ накъыгъэм и 21-м жэщыр сыхьэти 3-рэ дакъикъэ 30-м (мэзкуумкIэ - накъыгъэм и 20-м сыхьэт 22-рэ дакъикъэ 30-м) зыхэта гупым ящыщу япэ дыдэу Эверестым и щыгум нэсащ адыгэ бзылъхугъэ Мэз Каринэрэ Ирландием щыщ Ханн Ноэлрэ. Дунейм и бгы нэхъ лъагэ дыдэм и щыгум дэкIуейхэм жьапщэ инымрэ щIыIэ уаемрэ къапэуват. АрщхьэкIэ дэтхэнэ зы альпинистми и хъуэпсапIэр - Эверестым и щхьэм къыщыхутэныр - зэрагъэхъулIэн папщIэ абыхэм зыри къапэлъэщыжынутэкъым. А хъуэпсапIэ иныр Мэз Карини къехъулIащ! Ар адыгэ тхыдэм хыхьа Iуэхугъуэ дахэщ. Дунейм и Iуащхьэ нэхъ лъагэ дыдэм къыщыщыхутэм, Тхьэм нэхъ пэгъунэгъу хъуауэ Каринэ къилъытащ икIи елъэIуащ: «Я Алыхь, си лъэпкъыр къэгъэщIэрэщIэж!» Лъэпкъ лIыхъужьым хуэдэу Мэз Каринэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщрагъэблэгъэжащ. Кхъухьлъатэ тедзапIэм абы къыщыпэплъэрт цIыхуищэхэр. Адыгэ ныпыр къызыщхьэщыт автомашинэ куэдым я пашэм ирагъэтIысхьэри, Налшык къашэжащ. Абы Абхъазым и утыкум цIыху минхэр къыщежьэрт. Хъуэхъу, щытхъу, псалъэ гуапэ куэд щыхужаIащ лъэпкъ бэракъыр дуней псом и Iуащхьэ нэхъ лъагэ дыдэм и щыгум щызыIэта адыгэ бзылъхугъэм. Республикэм и артист нэхъыфIхэми къызэхуэсахэм я нэгу зрагъэужьащ. «ФIэхъус апщIий, си адэжь Хэку, сэ уэ хуабжьу сыпхуэзэшат, - жиIащ абы щыгъуэм Мэз Каринэ. - СыщогуфIыкI сыкъызыхэкIа лъэпкъым зыгуэркIэ сызэрыхуэщхьэпам». Псалъэм къыдэкIуэу къыхэдгъэщыну дыхуейт илъэсиплI ипэкIэ, 2007 гъэм, Мэзыр Эверестым дэкIыну пэгъунэгъу хъуауэ зэрыщытар. Къэбэрдейр Урысейм зэрыхыхьэрэ илъэс 450-рэ щрикъум ирихьэлIэу здытеува гъуэгуанэ гугъум щыщу дунейм и бгы нэхъ лъагэ дыдэм метр мини 8-кIэ дэкIуеяуэ къигъэзэжащ, зи узыншагъэр къызэIыхьауэ щIылъэм къэгъэсыжын хуей хъуа нэгъуэщI къэрал икIа альпинистыр къришэхыжри. АбыкIэ адыгэ бзылъхугъэм къигъэлъэгъуащ гущIэгъулыуэ зэрыщытыр икIи цIыхум дэIэпыкъуныр сыт хуэдэ Iуэхугъуэми япэ зэрыригъэщыр. Илъэсибл ипэкIэ здэщыIа дуней псом и бгы нэхъ лъагэ дыдэм и щыгум Мэз Каринэ нэгъабэ аргуэру тригъэзэжащ. Абы щыгъуэм къалэну зыхуигъиувыжащ ди республикэм щыпсэу лъэпкъхэм я зэхущытыкIэфIыр игъэбыдэну. Балъкъэр щIалэ Ольмезов Абдул-Хьэлим зыхэт альпинист гупым я гъусэу Эверест дэкIащ. Къагъэзэжа иужькIэ зэрыжаIамкIэ, иджы дунейм и бгы нэхъ лъагэ дыдэм дэкIыныр хуаунэтIат репрессие зращIылIа я хэкуэгъухэм я фэеплъым икIи къалмыкъхэм, шэшэнхэм, ингушхэм, къэрэшейхэм, балъкъэрхэм я лъэпкъ ныпхэр дуней псом и щыгу нэхъ лъагэ дыдэм щаIэтащ. Ольмезовым и дежкIи Эверестым дэкIыныр етIуанэт. НэхъапэIуэкIэ Абдул-Хьэлим абы и щыгум щыхитIат щыпсэу Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ щылажьэ Урысей Федерацэм и МЧС-мрэ я ныпхэр. Дуней псом и бгы нэхъ лъагэ дыдэм здыдрихьея республикэм и бэракъыр, экспедицэм къикIыжа иужькIэ, абы КъБР-м и Президент Къанокъуэ Арсен тыгъэ хуищIауэ щытащ. Мэз Каринэ Ольмезовым нэхърэ хуэдитIкIэ нэхъ мащIэ къигъэщIами, зэрыгушхуэн и куэдщ. УФ-м ски-альпинизмэмкIэ Домбай щекIуэкIа къэралым и чемпионатым эстафетэм щытекIуащ, щхьэзакъуэ командэ зэпеуэхэм дыжьын медалищ къыщихьащ. КъищынэмыщIауэ, Red Fox Elbrus фестивалым ипкъ иткIэ, 2010 гъэм накъыгъэм и 9-м щыIа гуп зэхьэзэхуэм пашэныгъэр къыщихьри, Iуащхьэмахуэ лъапэ и кубокымрэ ТекIуэныгъэм и кубокымрэ зыIэригъэхьащ. Гу лъывэдгъэтэнут: дуней псом щынэхъ ­лъагэ дыдэ Эверестым и щыгум къыщыхутэну Урысей Федерацэм щыщу иджыри къэс къызэхъулIар цIыхуитху къудейщ. Абыхэм яхэтщ Мэз Карини. И хъуэпсапIэ нэхъыщхьэр адыгэ бзылъхугъэм къехъулIащ - куэдым я плъапIэ Эверестым ар дэкIащ, къызыхэкIа и лъэпкъым и пщIэр лъагэу иIэту, абы и фэеплъыр имыгъэгъуащэу. Тхьэм и насыпыр ин ищI! Къуршхэм я нэхъыфIыр, узыIэпызышэр нэхъапэм уздэщымыIаращ. Ар дэтхэнэ альпинистми къыбжиIэфынущ. Каринэ куэд щIауэ щIэхъуэпсырт Гималайхэм щыIэ Манаслу Iуащхьэм и щыгум нэсыну. Ар узыдэкIуеину нэхъ гугъу дыдэхэм ящыщ зыщ. Абы и лъагагъыр метр 8156-м нос. «7 вершин» клубым и экспедицэм хэту Мэзыр Гималайм хыхьэ Iуащхьэм и щыгум 2017 гъэм фокIадэм (сентябрым) и 28-м и пщэдджыжьым нэсащ икIи Къэбэрдей-Балъкъэрым и ныпыр абы щыхитIащ. Иджы и чэзу хъуауэ къыщIэкIынщ Мэз Каринэ нэхъ гъунэгъуу къывэдгъэцIыхуну. Ар 1982 гъэм Налшык къалэм къыщалъхуащ. Зэрысабийрэ бгы туризмэм дехьэх. И адэ Юрэ и щIалэгъуэм инструктору альпинистхэр игъасэу щытати, и пхъур а Iуэхугъуэм итхьэкъупащ. КъБКъУ-м щыщIэтIысхьа илъэсым япэу дэкIащ Европэм и бгы нэхъ ­лъагэ дыдэ Iуащхьэмахуэ. Гъуэгу техьэн и пэ къихуэу и адэм къыжриIащ: «Гугъуехь Iэджи къыппэщылъщ, ауэ укъимыкIуэт, си напэр тумых». Каринэ и адэм и псалъэхэр и гъуазэу Iуащхьэмахуэ дэкIуеящ, щIыIэм зэщIищтарэ и нэхэр щIисыкIыу. Гъуэгуанэ хьэлъэр къызэринэкIауэ къыщызэплъэкIыжам, зыхэта гупым щыщу абы и закъуэт щыгум нэсар. АдэкIэ къиутIыпщакъым къуршхэм яхуищIа лъагъуныгъэм. Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и экономикэ факультетыр диплом плъыжькIэ къиуха иужькIэ, бгы туризмэмкIэ инструктор, КъБР-м и МЧС-м и къегъэлакIуэ IэщIагъэхэри зэригъэгъуэтащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым АльпинизмэмкIэ, спорт туризмэмрэ бгым дэкIынымкIэ и федерацэм и правленэм хэтщ, Налшык къалэм и альпинистхэм я клубым и къызэгъэпэщакIуэщ. КъищынэмыщIауэ, жыджэру холэжьыхь КъБР-м и Жылагъуэ палатэм кърихьэжьэ Iуэхухэм, абы и комиссэхэм ящыщ зым и пашэу щыткIэрэ. «Нальп» альпинист клубым и унафэщIу щыткIэрэ, Мэз Каринэ ныбжьыщIэхэр хуегъасэ бгым зэрыдэкI Iэмалхэм, дыкъэзыухъурехь дунейм и дахагъым дрегъэхьэх. Ахэр щIэх-щIэхыурэ хигъэтщ Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэмрэ къэралымрэ къыщызэрагъэпэщ зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэхэм, мастер-классхэм. Мэз Каринэ 150-м щIигъурэ Iуащхьэмахуэ дэкIащ. Эверестрэ Манаслурэ къищынэмыщIауэ, къызэринэкIащ дунейм щынэхъ дахэ дыдэхэм ящыщу зи лъагагъыр метр 7100-м нэс Тянь-Шаным и Хъан-Тенгри Iуащхьэри. Африкэм и Калиманджарэ бгыми, метр 5895-рэ зи лъагагъым, адыгэ ныпыр щыхитIащ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ Мэзым къехъулIащ Европэми, Азиеми, Африкэми я Iуащхьэ нэхъ лъагэ дыдэхэм я щыгум къыщыхутэну. Ар зыхузэфIэкIа нэгъуэщI цIыхубз Кавказым искъым. ЩIэх апхуэдэ щыIэнуи фIэщщIыгъуейщ. ЖЫЛАСЭ Заурбэч.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "435.txt" }
Къэралым и кубокыр къахь Тверь областым хыхьэ Конаковэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысей Федерацэм джиу джитсумкIэ (невазэ) и кубокыр къэхьыным теухуа зэхьэзэхуэ. Абы ехъулIэныгъэшхуэ къыщахьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым икIахэм. Урысей Федерацэм и щIыпIэ псоми къикIат джиу джитсумкIэ къэралым и кубокыр къэхьыным теухуа зэхьэзэхуэм хэтыну. Я хьэлъагъкIэ къапэува псоми абы щытекIуащ Мэш Алимрэ (килограмм 56-м нэс) Урыс Мухьэмэдрэ (килограмм 85-м нэс). Ахэр я хьэрхуэрэгъухэм куэдкIэ ефIэкIащ икIи, УФ-м и кубокым ­къищынэмыщIауэ, зэхьэзэхуэм и дыщэ медалхэмрэ щIыхь тхылъхэмрэ зыIэрагъэхьащ. Ди щIалэхэм иджыри зэпеуэ зыбжанэ мы гъэм къапэщылъщ. Дохъуэхъу абыхэми ехъулIэныгъэхэр ща­Iэну. ХЬЭТАУ Ислъам.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "436.txt" }
ТекIуахэр ягъэлъапIэ Шынагъуэншагъэу псэуным хуэгъэпса Iуэхухэр къызэгъэпэщынымкIэ XI Урысейпсо ныбжьыщIэ олимпиадэр, мэлыжьыхьым и 21 - 26-хэм Налшык щекIуэкIар, иухащ. Зэпеуэм хэтахэм я дежкIэ гуимыхужт а махуитхур. Фигу къэдгъэкIыжынщи, олимпиадэм хэтыну Налшык къэкIуат Урысей Федерацэм и щIыналъэ 62-м я лIыкIуэ ныбжьыщIи 191-рэ. Абыхэм ящыщ дэтхэнэри хущIэкъуащ и щIэныгъэр здынэсыр, щытыкIэ нэхъ гугъу дыдэхэм къикIынымкIэ бгъэдэлъ зэфIэкIхэр къигъэлъэгъуэну. Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым Сокуров Александр и цIэр зезыхьэ и мастерскойм мэлыжьыхьым и 26-м щагъэлъэпIащ а зэпеуэм щытекIуахэмрэ къыхэжаныкIахэмрэ. Олимпиадэр щызэхуащIыжым яхуеблэгъат хьэщIэ лъапIэхэр - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, республикэм и министерствэ, ведомствэ щхьэхуэхэм, егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэр, щIэныгъэлIхэр, егъэджакIуэхэр. Шынагъуэншагъэу псэуным хуэгъэпса Iуэхухэр къызэгъэпэщынымкIэ 2019 гъэм ирагъэкIуэкIа XI Урысейпсо ныбжьыщIэ олимпиадэм щытекIуахэщ: 9-нэ классым щеджэхэм ящыщу Ярославцевэ Татьянэ Илья и пхъур, Москва къалэ Тороп Елизаветэ Алексей и пхъур, Москва къалэ Канахинэ Екатеринэ Андрей и пхъур, Тэтэрстан Республикэ Лебедевэ Алёнэ Алексей и пхъур, Москва къалэ Нуриахметов Болэт Ильнар и къуэр, Тэтэрстан Республикэ Семено Александрэ Виктор и пхъур, Москва къалэ 10-нэ - 11-нэ классхэм щIэсхэу Басыров Камиль Вагиз и къуэр, Тэтэрстан Республикэ Переверзев Илья Валерий и къуэр, Москва къалэ Касьяновэ Татьянэ Михаил и пхъур, Ставрополь щIыналъэ Хрещенюк Иван Андрей и къуэр, Москва къалэ Гадельшинэ Янэ Ильгизар и пхъур, Тэтэрстан Республикэ Прокоповэ Валерие Алексей и пхъур, Ставрополь щIыналъэ Айбазов Павел Игорь и къуэр, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэ Багманов Тимур Вадим и къуэр, Тэтэрстан Республикэ Чернышевэ Вероникэ Дмитрий и пхъур, Москва къалэ «Теорием щынэхъыфIхэр» зэпеуэм Япэ увыпIэр - Ярославцевэ Татьянэ Илья и пхъур, 9-нэ класс, Москва къалэ Япэ увыпIэр - Хаматьяновэ Саидэ Рашит и пхъур, 10 - 11-нэ класс, Башкортостан Республикэ «Практикэм щынэхъыфIхэр» зэпеуэм Ещанэ увыпIэр - Покровская Агния Андрей и пхъур, 9-нэ класс Ещанэ увыпIэр - Переверзев Илья Валерий и къуэр, 10 - 11-нэ класс ЕтIуанэ увыпIэр - Королёвэ Серафимэ Виталий и пхъур, 9-нэ класс ЕтIуанэ увыпIэр - Кривашёнок Мирослав Пётр и къуэр, 10 - 11-нэ класс Япэ увыпIэр - Багавиев Данис Зуфар и къуэр, 9-нэ класс Япэ увыпIэр - Бояркинэ Елизаветэ Роман и пхъур, 10 - 11-нэ класс «МафIэсгъэункIыфI Iуэхум щынэхъыфIхэр» зэпеуэм 9-нэ класс Ещанэ увыпIэр - Шешегов Георгий Михаил и къуэр, Курган область ЕтIуанэ увыпIэр - Стародубовэ Алёнэ Алексей и пхъур, Тамбов область Япэ увыпIэр - Белик Марие Леонид и пхъур, Иркутск область 10 - 11-нэ класс Ещанэ увыпIэр - Бирюков Иван Александр и къуэр, Новосибирск область ЕтIуанэ увыпIэр - Леонтьев Максим Николай и къуэр, Вологдэ область Япэ увыпIэр - Кинос Иринэ Дмитрий и пхъур, Смоленск область Олимпиадэм къыщыхэжаныкIауэ зи цIэ къраIуахэр: Литвиновэ Анастасие Владимир и пхъур, Москва къалэ Ширшовэ Ольгэ Алексей и пхъур, Москва къалэ Гусевэ Аннэ Кирилл и пхъур, Москва къалэ Покровская Агние Андрей и пхъур, Москва къалэ Щукинэ Татьянэ Виктор и пхъур, Москва къалэ Багавиев Данис Зуфар и къуэр, Тэтэрстан Республикэ Григорьевэ Алёнэ Александр и пхъур, Тэтэрстан Республикэ Митичкинэ Екатеринэ Павел и пхъур, Москва къалэ Белик Марие Леонид и пхъур, Иркутск область Файрушин Вагиз Рустам и къуэр, Тэтэрстан Республикэ Королёвэ Серафимэ Виталий и пхъур, Москва къалэ Павловский Максим Владимир и къуэр, Москва къалэ Есаевэ Марие Егор и пхъур, Москва къалэ Смигановская Вероникэ Владимир и пхъур, Москва къалэ Сухоруковэ Василисэ Андрей и пхъур, Москва къалэ Шавкученкэ Полинэ Вячеслав и пхъур, Москва къалэ Филатовэ Нинэ Сергей и пхъур, Москва къалэ Шомирзоев Амир Хоркашэ и къуэр, Севастополь къалэ Новиковэ Валентинэ Михаил и пхъур, Москва къалэ Завалихинэ Алинэ Сергей и пхъур, Башкортостан Республикэ Лицевановэ Миланэ Максим и пхъур, Санкт-Петербург къалэ Кавказовэ Дианэ Алексей и пхъур, Чувашие Республикэ Жигаловэ Евгение Олег и пхъур, Санкт-Петербург къалэ Бердниковэ Александрэ Игорь и пхъур, Иркутск область Макаровэ Дианэ Александр и пхъур, Иркутск область Ступниковэ Алёнэ Игорь и пхъур, Башкортостан Республикэ Базаровэ Марие Сергей и пхъур, Москва область Никишкинэ Алёнэ Алексей и пхъур, Мордовие Республикэ Бояркинэ Елизаветэ Роман и пхъур, Москва къалэ Бобровский Аркадий Андрей и къуэр, Москва къалэ Седьмовэ Анастасие Геннадий и пхъур, Ставрополь край Воробьёв Сергей Андрей и къуэр, Москва къалэ Иванов Артём Олег и къуэр, Москва къалэ Винокуров Иван Никитэ и къуэр, Москва къалэ Лукашов Никитэ Александр и къуэр, Москва къалэ Донцов Леонид Андрей и къуэр, Москва къалэ Макарская Марьянэ Андрей и пхъур, Москва къалэ Макаровэ Екатеринэ Иезекииль и пхъур, Москва къалэ Никитич Глеб Александр и къуэр, Москва къалэ Мырзэкъан Ислъам Мухьэмэдин и къуэр, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэ Кривашёнок Мирослав Пётр и къуэр, Москва къалэ Хаматьяновэ Саидэ Рашит и пхъур, Башкортостан Республикэ Копытько Софье Андрей и пхъур, Москва къалэ Винарский Юрий Борис и къуэр, Москва къалэ Круглов Артём Юрий и къуэр, Москва къалэ Миронов Роман Юрий и къуэр, Тэтэрстан Республикэ Вильданов Ильяс Динар и къуэр, Тэтэрстан Республикэ Игнатьев Никитэ Анатолий и къуэр, Москва къалэ Юллинен Анастасие Илья и пхъур, Санкт-Петербург къалэ Свиридовэ Викторие Геннадий и пхъур, Москва къалэ Зверевэ Марие Олег и пхъур, Тэтэрстан Республикэ Башлаевэ Анастасие Денис и пхъур, Москва къалэ Каминская Ксение Максим и пхъур, Москва къалэ Киселев Владислав Александр и къуэр, Москва къалэ Ларионовэ Анастасие Максим и пхъур, Москва къалэ Наилов Салават Ленар и къуэр, Тэтэрстан Республикэ Герасимовэ Марие Михаил и пхъур, Москва къалэ Пушкинэ Александрэ Дмитрий и пхъур, Москва къалэ Журавлёв Илья Валерий и къуэр, Москва къалэ Митюшкинэ Аннэ Андрей и пхъур, Москва къалэ Жуковэ Иринэ Михаил и пхъур, Москва къалэ Турбин Григорий Владимир и къуэр, Москва къалэ Князев Сергей Алексей и къуэр, Башкортостан Республикэ Мерзляковэ Дарье Андрей и пхъур, Удмуртие Республикэ Гапи Татьянэ Сергей и пхъур, Москва къалэ Макаровэ Анастасие Александр и пхъур, Ставрополь щIыналъэ Кинос Иринэ Дмитрий и пхъур, Смоленск область Волошкэ Григорий Александр и къуэр, Челябинск область Попов Дмитрий Павел и къуэр, Санкт-Петербург къалэ Кольчугинэ Марие Алексей и пхъур, Москва къалэ ЩIыхь, фIыщIэ тхылъхэр иратащ зэпеуэм и къызэгъэпэщакIуэхэм, къэпщытакIуэ гупым хэтахэмрэ волонтёрхэмрэ. Пшыхьыр ягъэдэхащ КъБР-м и художественнэ гупхэмрэ артист цIэрыIуэхэмрэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "437.txt" }
МЫ МАХУЭХЭМ Накъыгъэм и 2, махуэку ♦1920 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым япэ щэбэт щIыхьэху щекIуэкIащ. ♦1934 гъэм Налшык Пионерхэм я унэ къыщызэIуахащ. ♦1940 гъэм ХII Гъэмахуэ Олимп джэгухэр ирамыгъэкIуэкIыну унафэ къащтащ. А илъэсым и фокIадэм и 21 - жэпуэгъуэм и 6-хэм Японием и къалащхьэ Токио щызэхэтыну траухуауэ щыта джэгухэр щыIакъым, японо-китай зауэр къызэрыхъеям и зэранкIэ. ♦1944 гъэм Инджылызым и къалащхьэ Лондон щызэхэтын хуея ХIII Гъэмахуэ Олимп Джэгухэр зэрырамыгъэкIуэкIынур хэIущIыIу ящIащ. Абы и щхьэусыгъуэр ЕтIуанэ дунейпсо зауэр зэрекIуэкIырт. ♦1945 гъэм СССР-м и Дзэ Плъыжьым Берлин къищтащ. ♦1729 гъэм къалъхуащ Урысей империем и унафэщI Екатеринэ ЕтIуанэр. ♦1922 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессору щыта, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Урыс Хьэталий. ♦1935 гъэм къалъхуащ «Ленин гъуэгу» (иджы - «Адыгэ псалъэ») газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта ТIажь Пётр. ♦1931 гъэм къалъхуащ КъБКъУ-м и ректору щыта, профессор, КъБР-мрэ АР-мрэ щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Лъостэн Владимир. ♦1939 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, АКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик, УФ-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Мекъул ДжэбрэIил. ♦1941 гъэм къалъхуащ къэрал къулыкъущIэ, экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, УФ-м и Къэзыбж палатэм и япэ унафэщIу щыта, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал чэнджэщэгъу Къэрмокъуэ Хьэчим. ♦1953 гъэм къалъхуащ дирижёр цIэрыIуэ, УФ-м и цIыхубэ артист Гергиев Валерий. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, уэшх тIэкIу къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 23 - 24-рэ, жэщым градус 12 - 13 щыхъунущ. Накъыгъэм и 3, мэрем ♦Печатыр зыми и унафэ щIэмытыным и дунейпсо махуэщ. ЮНЕСКО-м и унафэкIэ ягъэлъапIэ. 1991 гъэм Намибием и къалащхьэ Виндхук Iэ щытрадзащ къэрал псоми я правительствэхэм зэрызыхуагъазэр. Абы къэрал унафэщIхэр къыщыхураджэрт прессэр щхьэхуиту, демократием и хабзэхэм тету лэжьэныр къызэрагъэпэщыну. ♦Дыгъэм и дунейпсо махуэщ ♦Мыпсэлъэным и дунейпсо махуэщ ♦США-м щагъэлъапIэ ЕгъэджакIуэм и махуэр ♦Польшэм и Конституцэм и махуэщ ♦Японием и Конституцэм и махуэщ ♦1902 гъэм США-м «Пепси» компаниер къыщызэрагъэпэщащ. ♦1957 гъэм КПСС-м и ЦК-мрэ СССР-м и Министрхэм я Советымрэ унафэ къащтащ колхозхэр совхозу зэхъуэкIыным теухуауэ. ♦1938 гъэм къалъхуащ урысей тхакIуэ, драматург, актёр, РСФСР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Инин Аркадий. ♦1939 гъэм къалъхуащ кинорежиссёр, УФ-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Урысей Федерацэм и цIыхубэ артист Нечаев Леонид. ♦1941 гъэм къалъхуащ куржы шахматисткэ, дуней псом и чемпионкэ Гаприндашвили Нонэ. ♦1951 гъэм къалъхуащ урысей тхакIуэ, публицист, критик, «Триумф», «ТЭФИ» саугъэтхэр зрата Толстая Татьянэ. ♦1957 гъэм къалъхуащ совет актрисэ, РСФСР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Андрейченкэ Наталье. ♦1965 гъэм къалъхуащ урысей хьэрычэтыщIэ, политик, «Гражданская платформа» партым и къызэгъэпэщакIуэ Прохоров Михаил. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, уэшх тIэкIу къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 15 - 16, жэщым градус 12 - 13 щыхъунущ. Накъыгъэм и 4, щэбэт ♦Латвие Республикэм и щхьэхуитыныгъэм теухуа декларацэр къыщащта махуэщ. 1990 гъэм Латвие ССР-м и Совет Нэхъыщхьэм унафэ къищтащ Совет Союзым къызэрыхэкIыжым икIи къэралыгъуэ щхьэхуэ зэрыхъужым теухуауэ. ♦Японием щагъэлъапIэ ЩхъуантIагъэм и махуэр ♦Китайм и ЩIалэгъуалэм я махуэщ ♦1852 гъэм Шамиль Iимамым и нэIибхэм ящыщ Хьэжы-Мурат, и гупыр и гъусэу урысхэм ягухьэну мурад зыщIауэ щытар, пащтыхъьыдзэм щыщу кърагъэбыдылIа хъумакIуэхэр зэтраукIэри щIэпхъуэжахэщ. Урысыдзэр къызэщIаIэтэри абыхэм якIэлъыпхъэращ икIи Хьэжы-Мурат гуузу яукIауэ щытащ. ♦1904 гъэм Панамэ кIэнауэр ухуэн щIадзащ. ♦1904 гъэм Инджылызым щыщ хьэрычэтыщIэхэу, инженерхэу Ройс Генрирэ Роллс Чарльзрэ автомобиль лIэужьыгъуэщIэ къыщIагъэкIыу щIадзащ. Абы «Роллс-Ройс» фIащауэ щытащ. ♦1924 гъэм Париж къыщызэIуахащ VIII Гъэмахуэ Олимп Джэгухэр. Ахэр накъыгъэм и 4 - бадзэуэгъуэм и 27-хэм екIуэкIащ. ♦1927 гъэм США-м къыщызэрагъэпэщащ киногъуазджэм и академие. Лэжьыгъэ нэхъыфIхэм хуагъэфащэ «Оскар» саугъэтыр зыгъэувари аращ. ♦1934 гъэм Москва Кином и унэ къыщызэIуахащ. Иджыпсту ар Кином и Унэ Нэхъыщхьэрщ. ♦1959 гъэм Налшык бжьамийкIэ газ къашэу щIадзащ. ♦1979 гъэм Тэтчер Маргарет Инджылызым и премьер-министру ягъэуващ. А къулыкъум нэхъапэм цIыхубз зэи пэрытатэкъым. ♦2010 гъэм УФ-м и Президентым и УказкIэ Налшык къыфIащащ «Зауэ щIыхьым и къалэ» цIэ лъапIэр. ♦1934 гъэм къалъхуащ совет актрисэ цIэрыIуэ, УФ-м и цIыхубэ артисткэ, Канны 1957 гъэм щекIуэкIа ХI кинофестивалым и саугъэтыр («Летят журавли» фильмым папщIэ) зыхуагъэфэща Самойловэ Татьянэ. ♦1938 гъэм къалъхуащ абазэ тхакIуэ, КъШР-м и цIыхубэ усакIуэ ЧыкIуэту Микаэл. ♦1943 гъэм къалъхуащ УФ-м и цIыхубэ художник, Урысейм и Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща Шемякин (Къардэн) Михаил. ♦1956 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, РАЕН-м и и академик, УФ-м щIыхь зиIэ и экономист Щауэжь Хьэсэнбий. ♦1971 гъэм къалъхуащ Урысейм щIыхь зиIэ и тренер, къэралым футболымкIэ и командэ къыхэхам, ЦСКА-м я тренеру щыта Слуцкий Леонид. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 14 - 15, жэщым градус 11 - 12 щыхъунущ. Накъыгъэм и 5, тхьэмахуэ ♦Ныкъуэдыкъуэхэм я хуитыныгъэхэм щIэбэ­ныным и дунейпсо махуэщ ♦Япониемрэ Корее Ипщэмрэ щагъэлъапIэ Сабийхэм я махуэр ♦Белоруссием Печатым и махуэр щагъэлъапIэ ♦Австрием щрагъэкIуэкI залымыгъэмрэ расизмэмрэ япэщIэтыным и махуэм хуэгъэпса Iуэхухэр ♦Къыргъызым и Конституцэм и махуэщ ♦1836 гъэм Европэм щыяпэ дыдэу Бельгием гъущI гъуэгу щаутIыпщащ. ♦1912 гъэм «Правда» газетым и япэ номерыр къыдэкIащ. ♦1945 гъэм нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэхэм я бийуэ Прагэ зыкъыщаIэтащ IэщэкIэ зэщIэузэда цIыхухэм. ♦1945 гъэм советыдзэхэм Даниемрэ Нидерландхэмрэ хуит къащIыжащ. ♦1949 гъэм Лондон Iэ щытрадзащ Европэм и Советым и уставым. ♦1909 гъэм къалъхуащ адыгей усакIуэ, зэдзэкIакIуэ Пэрэныкъуэ Мурат. ♦1929 гъэм къалъхуащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, «Ленин гъуэгу» («Адыгэ псалъэ») газетым жэуап зыхь и секретару илъэс куэдкIэ щыта Апажэ Назир. ♦1930 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Къардэн Iэбубэ. ♦1937 гъэм къалъхуащ экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, РАЕН-м и академик, АР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Апышэ Абрэдж. ♦1938 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ дохутыр Бахъсэн Хьэмэдэ. ♦1939 гъэм къалъхуащ философие щIэныгъэхэм я доктор, КъШКъУ-м и профессор Нэхущ Владимир. ♦1941 гъэм къалъхуащ хоккеист цIэрыIуэу щыта, Олимп Джэгухэм щэнейрэ я чемпион, дунейм пщIэнейрэ и чемпион Рагулин Александр. ♦1943 гъэм къалъхуащ усакIуэ, ЩIДАА-м и академик, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Тхьэзэплъ Хьэсэн. ♦1948 гъэм къалъхуащ Адыгейм и цIыхубэ сурэтыщI ПэтIуащIэ Феликс. ♦1948 гъэм къалъхуащ физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ЛIыс Мухьэмэд ♦1952 гъэм къалъхуащ УФ-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ, КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къалмыкъ Кларэ. ♦1953 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Хьэмыку Жаннэ. ♦1967 гъэм къалъхуащ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и актёр, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Мысост Вадим. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 17 - 19, жэщым градус 11 - 12 щыхъунущ. Накъыгъэм и 6, блыщхьэ ♦Москва и гербымрэ и ныпымрэ я махуэщ. «Москва къалэм и махуэшхуэхэр» законым ипкъ иткIэ ягъэуващ 2004 гъэм. ♦1715 гъэм Урысейм къыщащтащ къэралым и япэ дзэ-уголовнэ кодексыр. ♦1889 гъэм Париж ухуэн щаухащ Эйфель чэщанэр. ♦1906 гъэм Николай ЕтIуанэ пащтыхьым Iэ тридзащ Урысей империем и Къэрал хабзэ нэхъыщхьэхэм. ♦1939 гъэм Налшык шыгъэжапIэ къыщызэIуахащ. ♦1945 гъэм советыдзэхэм Бреслау быдапIэр (иджы - Польшэм хыхьэ Вроцлав къалэрщ) нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэхэм къыIэщIагъэкIыжащ. ♦1985 гъэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым унафэ къищтащ Мурманскрэ Смоленскрэ «Къалэ-лIыхъужь» цIэр яфIэщыным теухуауэ. ♦1994 гъэм Ла-Манш псы дэжыпIэм щащIа тоннелыр къызэIуахащ. ЕтIощIанэ лIэщIыгъуэм и ухуэныгъэ нэхъ телъыджэ дыдэхэм ящыщу къалъытэ а гъуэгум Франджымрэ Инджылызымрэ зэпищIащ. ♦1875 гъэм къалъхуащ адыгэ тхыдэдж, узэщIакIуэ Долэт-Джэрий СулътIан. ♦1907 гъэм къалъхуащ совет дзэ кхъухьлъатэзехуэ, Совет Союзым и ЛIыхъужь Гастеллэ Николай. ♦1922 гъэм къалъхуащ актёр, егъэджакIуэ цIэрыIуэ, Хэку зауэшхуэм хэта, СССР-м и цIыхубэ артист Этуш Владимир. ♦1932 гъэм къалъхуащ актёр цIэрыIуэ, УФ-м и цIыхубэ артист, Польшэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Белявский Александр. ♦1936 гъэм къалъхуащ адыгэ философ, еджагъэшхуэ, тхакIуэ, социологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, ЩIДАА-м и академик Хьэгъур Айтэч. ♦1949 гъэм къалъхуащ абазэ тхакIуэ, КъШР-м и цIыхубэ усакIуэ Мхъыцэ Чэрим. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 22 - 23-рэ, жэщым градус 12 - 13 щыхъунущ. Лъэпкъ Iущыгъэ: Iэжьэгъур куэдмэ, къэрабгъэр зэуакIуэ мэхъу. Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "438.txt" }
ЛIэужьыр бжьиблкIэ мауэ Адыгэ лъэпкъыр зэрыгушхуэ тхакIуэ цIэрыIуэ, Куржым и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и урыс къудамэм и тхьэмадэу илъэс куэдкIэ лэжьа, псори фIы дыдэу дызыщыгъуазэ «Уафэгъуа­гъуэ макъ» («Громовый гул») повес­тымрэ «Поиски Богов» (зэкIэ адыгэбзэкIэ зэрадзэкIакъым) тхы­дэ романымрэ зи къалэмыпэм къыщIэкIа Лохвицкий (Аджыкъу-Джэрий) Михаилрэ «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщ­хьэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ зэрыцIыхуу, зэныбжьэгъуу, щIэх-щIэхыурэ зэIущIэу щытащ. ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием епха Шэрджэс щIэнгъуазэм ­ДАХ-м, КъАХ-м я дамэм щIэту Хьэ­фIыцIэ Мухьэмэд къыдигъэкI «Черкесика» тхылъ серифем и етIуанэр зыхухихар зи гугъу тщIа тхыгъэхэрщ. 1985 гъэм «Уафэгъуагъуэ макъым» ХьэфIыцIэм къытрищIыкIа пьесэмкIэ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зе­зыхьэ Къэбэрдей драмэ театрым спектакль щигъэуват режиссёр Фы­рэ Руслан. ЦIыхушхуэ къекIуэлIауэ и премье­рэр щыIат, езы Михаили къэ­кIуауэ. И гущIэр къы­зэ­щIи­Iэтауэ, гуапэ лей щыхъуауэ ­еп­лъат ар спектаклым. Ди жагъуэ зэ­ры­хъунщи, абы и ужькIэ махуэ бжыгъэщ тхакIуэ ­гъуэзэджэр зэ­рып­сэужар. «Адыгэ псалъэ» газетым теты­гъащ пьесэри, иужькIэ Къэрмокъуэ Хьэмид адыгэбзэм къригъэтIэса «Уафэгъуагъуэ макъ» повестри. Иджыпсту Къэбэрдей Адыгэ Хасэм тхылъитI егъэхьэзыр, тхакIуэр къы­зэралъхурэ илъэси 100 щрикъум триухуауэ. Япэр Котляров Виктор къыдигъэкI «Кавказ» серием хэту 2019 гъэм дунейм къытехьэнущ, зи гугъу тщIы повестри романри уры­сыбзэкIэ итынущ. ИщхьэкIэ къы­щыхэдгъэща «Черкесика» серием и къудамэ яухуащ тхылъхэр нэхъ зэщIэкъуауэ, нэхъ цIыкIуу къыщыдагъэкIыну. Абы хыхьэну лэжьыгъэхэм я япэщ Къэрмокъуэм зэри­дзэкIа «Уафэгъуагъуэ макъ» повестыр. Ди гуапэ зэрыхъунщи, Аджыкъу-Джэрийхэ къуэпсыбэщ, Михаил и гуа­щIэм, и гъащIэм гулъытэ хуэ­зыщIын щIэблэ къыщIэхъуащ. Абы и къуэ Юрэ Москва щопсэу, и адэм и лъагъуэм иримыкIуами, абы ху­зэ­фIэкIам хуэфащэ пщIэ иригъэ­гъуэту. Псалъэм папщIэ, Москва и «Иссолог» тхылъ тедзапIэм и бжыгъэр зы мин хъууэ къыщыдигъэкIащ и адэм и повестымрэ романымрэ зэрыт тхылъ дахэ. Апхуэдэуи «Громовый гул» тхыгъэ цIэрыIуэр куржыбзэкIэ зэригъэдзэкIри Тифлис дунейм къыщытригъэхьащ. Ар ды­дэм къыщыдэкIащ Лохвицкэм и «Кортанет Iуэтэжхэр» (куржыбзэкIэ). Юрэ и къуэ Михаил (адэшхуэм и цIэр сабийм фIащыжурэ зыкъом щIауэ къызэрекIуэкIри гъэщIэ­гъуэнщ) и адэшхуэм и адэр щызэуа Будапешт къалэм илъэс куэд щIауэ щопсэу. Абы ипхъущ иджыблагъэ газетым и редакцэм къыIэрыхьа хъыбар гуапэр зэхьэлIар. Лохвицкая (Аджыкъу-Джэрий) ­Аннэ мы гъэм хэтащ модэмкIэ дуней псом зэфIэкI нэхъ щызиIэхэм я IэдакъэщIэкIхэр щагъэлъагъуэ зэхыхьэшхуэм. ТхьэмахуэкIэ зэхэта Iуэху иным и цIэр щыIуащ Аджы­­къу-Джэрий Аннэ, и зэфIэ­кIым ехьэлIауэ хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIи, ар абы къыхэнэнущ. Лохвицкий Михаил и къуэм и къуэ­рылъху бзылъхугъэ цIыкIум, зи ныбжьыр илъэс 22-рэ фIэкIа мыхъум, европей модельерхэм я гулъытэ ­къилэжьащ. Егъэлеяуэ гуапэ, кавказ, нэмыцэ къуэпсхэр зиIэ хъы­джэбзым Будапешт дэт британ колледжыр, Европэм и еджапIэ ­нэхъыжь дыдэхэм хабжэ Венэ университетым журналистикэмкIэ и факультетыр къиухащ. Иджыпсту щIэсщ Берлин ГъуазджэхэмкIэ и ­институтым и магистратурэм. Ар ­къиухмэ, фIыуэ илъагъу лэжьыгъэм - щыгъын гъэщIэгъуэнхэр къэгупсысынымрэ ахэр утыку къихьэнымрэ - къанэ щымыIэу зритыну и мурадщ. - Зэ еплъыгъуэкIэ зэхэмыхьэу къып­щыхъур «зэхэспщэну», ахэр цIы­хум зэрекIур къэсхутэну сфIэфIщ. Принтымрэ (тхылъымпIэм, щэкIым тращIыхь тхыпхъэ­щIыпхъэ зэмыфэгъухэщ) плъыфэ щхъуэкIэплъыкIэхэмрэ фIыщэу солъагъу. Ауэ сэ сыщIэщыгъуэщIщ. Москва сыщыщыIэм и деж къыхэзгъэщхьэхукIыр зыщ, Будапешт - ар щынэгъуэщIщ, Венэ - абыхэм емыщхь гуэрщ. АбыкIэ «къуаншэщ» къалэм и ухуэкIэр, и псэукIэр, и плъыфэхэр, дэс цIыхухэм я гукъы­дэжыр, нэгъуэщIхэри. Ауэ зызымыхъуэжыр зы еплъыкIэращ: модэр си гурылъхэмрэ хъуэпсапIэхэмрэ, псэу­кIэмрэ цIыху хэтыкIэмрэ къы­зэрызгъэлъагъуэ Iуэхугъуэщ. Ар къэзгупсыс щыгъыныгъуэхэрауи щрет, щыстIагъэхэрауи ирехъуи. Модэм зэманыр, гукъыдэжыр, щIы­пIэр, гъащIэм и зы теуэгъуэ гуэр ­къигъэлъэгъуэну Iэмал иIэщ. Минимализм жыхуэтIэмрэ авангардизмэмрэ я зэхуаку дэт жыпхъэщ Аннэ и IэдакъэщIэкIхэр зэ­рытыр. Ахэр щыплъагъукIэ гу лъу­мытэнкIэ Iэмал иIэкъым зэ­рып­сынщIэм, тыншым, зыхуейр наIуэу зыщIэ дизайнерым и IэрыкIыу зэрыщытым, лъагъуныгъэм и мэ ­гуакIуэ «къазэрыкIэрихым». «ЕкIуу ущытыным къикIыркъым нэм укъыщIэуэн хуейуэ - ар гум укъи­нэнырщ» - дуней псом фIыуэ щацIыху Армани Джординэ мы и псалъэхэр бзылъхугъэм эпиграф зы­хуищIыжами ярейщ. ИСТЭПАН Залинэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "439.txt" }
Адыгэ щэнхабзэм и тхьэмадэ У-адыгэм, уемызэшу, ЖыIэ и цIэр Зырамыку, Езыр псэкIэ хуэлэжьащи КъимыкIуэту ар ди Хэку. Фашистышэм къезымыкуу КъэкIуэжауэ Зырамыку, Зыми зыкIи зырамыкум Езыкуфу Зырамыку. IуэрыIуатэ пхъуантэдэлъхэр ЗэIубз зыщIу КъардэнгъущI, Адыгэлъэ здынэсахэм, Нэсыфауэ КъардэнгъущI. Уэрэдыжьхэм псэщIэ хилъхьэу ЖызыIэжу КъардэнгъущI, Гуащэгъагъхэм жаIа гъыбзэр Зыгъэжьгъыжьгъыу КъардэнгъущI. Хъуэжэ «щIыгъуу» къикIухьыфу ЛIы Iущ щыпкъэу КъардэнгъущI, Зи лэжьыгъэм ин ищIауэ ЛIы цIыкIу щхьэшхуэу КъардэнгъущI. Зи гушыIэр япэ иту, Гуп и уасэу КъардэнгъущI, Жыг гъэкIыным хуэIэижьу Гъуазэ пэжу КъардэнгъущI. Уэрэдыжьхэр къыдихыжу Тыгъэ зыщIу КъардэнгъущI, Шэрджэс лъэпкъхэм я щэнхабзэм И тхьэмадэу КъардэнгъущI. Хабзэ-бзыпхъэр зэзыпхъэкIыу КъардэнгъущIхэ Зырамыку, Хэкум фIыгъуэу къытхуэпщIахэр Дапщэщ, сыткIэ пхуэтщIэжын?! ЖЫЛАУ Нурбий. Зеикъуэ къуажэ
{ "source": "apkbr.ru", "id": "44.txt" }
«Къафэ, Кавказ!» Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтым щекIуэ­кIащ «Къафэ, Кавказ» япэ урысейпсо хореографие фестиваль-зэпеуэ. Абы къеблэгъащ Урысейм и щIыналъэ зыбжанэм къикIа хьэщIэхэр. Iуэхум хэтащ а IэщIагъэм фIыуэ хэзыщIыкIхэри дихьэха­гъа­щIэхэри, апхуэдэу цIыху зыбжанэ хъу гупхэри. Институтым и ректор Рахаев Анатолий зэрыжиIэмкIэ, мы зэпеуэр IэмалыфIщ ­къафэм дихьэхыу ди республикэм ис дэтхэнэми и зэфIэкIыр игъэлъэгъуэным и мызакъуэу, нэгъуэщI лъэпкъхэм къахэкIауэ къеблэгъа къэфакIуэхэми я къарур зды­нэсым еплъыжынымкIэ, щIалэгъуа­лэр зэ­ры­цIыхунымкIэ, ныбжьэгъу зэхуэ­хъуным­кIэ, творческэ чэнджэщхэм щIэ­дэIунымкIэ. УнэтIыныгъэ зыбжанэу зэхэт зэпеуэм и къэпщытакIуэхэм яхэтащ ди къэралым и еджапIэ нэхъыщхьэхэм къикIа щIэныгъэлIхэр. «Къафэ, Кавказ!»
{ "source": "apkbr.ru", "id": "440.txt" }
КЪУЩХЬЭ Надим: Хэкур сыт? Хэкур цIыхуу исхэращ Къущхьэ Надим ди лъэпкъэгъу куэдым къацIыху, фIыуэ ялъагъу. Ар егъэджакIуэщ, усакIуэщ, журналистщ, къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэщ. Сирием щекIуэкIа зауэр къэхъеин ипэкIэ Адыгэ Хасэм и унафэщIу лэжьащ. Ар псоми зэрацIыхур гущабэрэ хьэлэлу, адыгэ Iуэхум гууз-лыуз иIэу бгъэдэтущ. ГъащIэ зыгъэунэхуа тхьэмадэр 2013 гъэм и унагъуэр щIы­гъуу Си­рием къиIэпхъу­кIыжри, Хэкум къитIыс­хьэжащ. Къущхьэ Надим и адэшхуэ Мыхьэмэтмырзэ Кавказ зауэм и зэманым хэкум ира­хуахэм языхэзщ, Абейкъуажэ (Урожайнэм) къы­дэкIащ. Абы и щIалищыр щIыгъуу япэу тIысыпIэ хуэхъуа Тырку Анэдолэм иIэпхъу­кIыжри, Джоланым хыхьэ Хъышние къуа­жэм дэтIысхьащ 1897 гъэм. Абы къыщы­хъуащ Надими. Ди лъэпкъым и щхьэ лIэ­щIыгъуэ-лIэщIыгъуэкIэ кърикIуа зауэ къо­мыр я нэгу щIэкIащ Къущхьэхэ я унагъуэм: Япэ, ЕтIуанэ дунейпсо зауэшхуэхэри, 1946 гъэм щыIа Палестинэ зауэри, 1967 гъэм адыгэ къуажэ къомыр щызэтракъутэу ди лъэпкъэгъухэр аргуэру я псэупIэхэм къи­зыхуа, Джолан лъагапIэхэм щекIуэкIа зауэри, иужьрейуэ Сирием къыщыхъея зауэри. Адыгэм и лIыгъэр къигъэлъэгъуэнкIэ зэи хуэмыхуакъым. Ауэ, Сирием щекIуэкIа зауэм зэпэщIэтхэр мыIупщIу езы къэрал кIуэцIым щекIуэкIырти, лIыгъэ къыщыбгъэлъэгъуэну Iэмали щыIэтэкъым. А хьэ­лэбэлыкъыр щхьэусыгъуэ хуэхъуащ иужьрей зэманым Сирием ди лъэпкъэгъу куэд къызэрикIыжам. Надим куэду игу къоуэ иужьрей илъэс тIощIитIым адыгэр мамыру, зыхэсым фIыуэ къалъагъуу зэрыса щIыналъэхэр ябгынэн хуей зэрыхъуар, абы къина ди лъэпкъэгъухэр къэрал зэхэкъутам щекIуэкI Iуэху мыщхьэпэхэм, хуей-хуэмейми, хэша зэрыхъур. Апхуэдэу ар ирогуфIэ хэкум къэзыгъэзэжахэм щхьэх ямыщIэу я псэуныгъэр зэрызэтраублэм. Пэжщ, уи Хэкум и IэплIэ ­хуабэм зыкъыбодзэри, гугъуехьри нэхъ гъэкIуэгъуафIэщ. Апхуэдэу щытми, цIыхур зы къуажэ, е зы унэ къыщIэкIыу нэгъуэщI унэ щIэтIысхьэным гугъуехь Iэджэ пылъщ. Абыхэм пэлъэщынымкIэ хэкурысхэр къа­зэрыдэIэпыкъуам мыхьэнэшхуэ зэриIэр, псом хуэмыдэу езым и лъэпкъэгъухэм, ­Къущхьэхэ гуапагъэрэ гулъытэу ядилъэ­гъуар игу къегъэкIыж Надим. - КъэкIуэжахэм я унэцIэхэр «Адыгэ псалъэ» газетым къыщытрадзэм, сыкъагъуэтащ. КъакIуэхэри: «Уэ удикъуэшщ, укъы­зэрыкIуэжам дыщогуфIыкI. Нобэ гузэвэ­гъуэм укъыхэкIащи, дыбдэIэпыкъуну ды­хуейт, сыт нэхъ ухуэныкъуэ?» - жаIащ. Си гур къилъэтыкIыным хуэдэу сыгуфIащ, зеин­шэ къабзэу сызэрыщымытыр зыхэсщIащ. Лъэпкъ сиIэщ, абы сыкъыхыхьэжащ, жыс­Iэри сыгушхуащ. Дызэрыпсэун къыдатурэ илъэсым нэблагъэ дэкIащ. Унэ зимыIэм ­лъапсэ иIэкъым, - жаIэ. Лъапсэ къэдугъуейри Дунейпсо Адыгэ Хасэм къыдита мелуан ныкъуэмкIэ унэшхуэ Нартан деж къы­щызэфIэдгъэуващ, и щхьэр си къуэшхэм схутралъхьэри, зыхуеин къыхуэмыту яухри, иджы дыдэ дыщIэтIысхьэжащ. ЩIалэ нэхъыщIэм и унагъуэм щIыгъуу дыщопсэу. Хэкум дыкъызэрыкIуэжрэ цIыхуу дызрихьэлIам и процент 90-р гуапагъэ къы­зыпыкIщ. Сирием щекIуэкIа зауэм хэкIыу ­нэгъуэщI къэрал Iэпхъуа си лъэпкъэ­гъу­хэм­рэ хэкум къэзыгъэзэжахэмрэ зэплъытмэ, дэ дынэхъ насыпыфIэщ куэдкIэ. Ап­хуэ­дэу къэтлъытэным и щхьэусыгъуэ нэхъы­щхьэр ди цIыхухэм ягурэ я псэрэ зэIухауэ дыкъы­зэрырагъэблэгъэжарщ. Хэкур сыт? Хэкур цIыхуу исхэращ, абы хуабагъэу, дахагъэу щыплъагъуращ. Сэ ахэращ щыслъэ­гъуар. Къущхьэ Надим и щIалэгъуэм къыщIи­дзауэ Адыгэ Хасэхэм я лэжьыгъэм жыджэру хэтщ. Сирием и Чэнджэщэгъу Хасэм и унафэщIу лэжьащ, илъэсипщIым нэблагъэкIэ Къуцея жылэм и Хасэм и тхьэмадащ, Хэкум къызэригъэзэжрэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтщ. ДАХ-м щыхэлэжьыхьа лъэхъэнэм теухуа и гуп­сысэхэмкIэ къыддогуашэ тхьэмадэр: - Хасэм и лэжьыгъэм тегъэщIапIэ хуэхъу и Хабзэ (устав) диIэжщ. Абы ГъэзэщIакIуэ гупыр хэлэжьыхьыжри къащтащ, дызы­щыпсэу къэралыгъуэшхуэм щекIуэкI хабзэхэм пэщIэувэу зы Iыхьэ хэмыту. Ди лъэпкъыр къэтхъумэнумэ, адыгэм фIы хуэтщIэнумэ, а уставым демыбакъуэу дылэжьэн хуейщ. Хасэм хэтхэм лъэпкъым папщIэ ялэ­жьыр Тхьэм псапэу, насыпу къаритыж. Щызэхэсх щыIэщ Хасэм и лэжьэкIэр цIыхухэм яубу. Лэжьам и фIыщIэ зыгъэкIуэдхэм гуэныхь къахь. Хасэм и лэжьыгъэм ­гъунэгъу зыхуэпщIу плъэкI хэплъхьэным и пIэкIэ, жыжьэу укъыщыту ушхыдэ нэужь, лъэпкъым уи зэран йокI. Ди хэку къызэрыдгъэзэжрэ гу лъыстакъым ди хабзэ зетхьэжыну зыми къытпиубыду, е ди бын анэдэлъхубзэ едгъэщIэну зэран къытхуэхъуIауэ. Апхуэдэщ нэгъуэщI къэралхэм щыпсэу адыгэхэри - а зи гугъу сщIахэмкIэ зыри дауэгъу къахуэхъуркъым. Апхуэдэу щыщыткIэ, дэ ди зэран зэкIыжын хуейкъым, къэралхэм я хабзэхэм дытету ди псэуныгъэр, лэжьыгъэр зэтедублэн хуейщ. ДАХ-р зыкъутэну яужь ­къихьэр адыгэ лъэпкъым епцIыжауэ собж сэ. Хасэр димыIэу зэрымыхъунур хьэкъыу ди фIэщ хъуауэ щытын ­хуейщ, псом хуэмыдэу хэхэс адыгэхэм. Анэ бгъэ хуабэу, хэкум дыщызэхуишэсу илъэс 25-м щIигъуауэ диIэщ Хасэр. ДэнэкIэ щыIэ адыгэри зы Iэрэ зыгуу ДАХ-м дыгуэувэн ­хуейуэ соплъ. Бзэм теухуауэ. Мы ГъэзэщIакIуэ гупым сызэрыхэта лъэхъэнэм къриубыдэу Хасэм и зы зэхуэс блэкIакъым, псом япэ иригъэщу бзэм темыпсэлъыхьу. Бзэр хъумэнымкIэ ­комитетым ирихьэкIа лэжьыгъэр нэрылъа­гъущ, абы къызэщIиубыдащ хэкуры­с­хэри, дэнэкIэ щыпсэу ди лъэпкъэгъухэри. Абы и щыхьэтщ иджыблагъэ комитетым Налшык щригъэкIуэкIа Дунейпсо щIэныгъэ конференцыр, абы къыщаIэта Iуэхугъуэхэр. Шэч хэлъкъым а зэхуэсым къыщащта унафэхэр къэкIуэну щIэблэхэм зэрахуэ­щхьэпэнум. Мы комитетым и жэрдэмкIэ едгъэжьауэ, ДАХ-м и архив щыIэну зэхэубла хъуа Iуэху­гъуэри икъукIэ ехъулIэныгъэшхуэу къызолъытэ. СытыбзэкIи къыдэкIауэ, дэнэ щIыпIэ щытрадзами, адыгэхэм теухуауэ журнал, газет жыпIэми, ди лъэпкъэгъухэм я IэдакъэщIэкIыу тхылъ, сурэт хъуми - псори щызэхуэтхьэсынущ мы архивым. Ди щIэ­блэм и тхыдэр ищIэнымкIэ, адыгэ дунейм нэхъыфIу щыгъуазэу къэхъунымкIэ мыхьэнэшхуэ иIэнущ а архивым, тэрэзу тхуэгъэлажьэмэ. Дуней псом щикъухьауэ щыпсэу адыгэхэм мылъкушхуэ зиIэ куэд яхэтщ. Дауи, щIэныгъэшхуи ябгъэдэлъщ нэхъыбэм. Сыту дэгъуэ хъунт апхуэдэхэм я мылъку халъхьэрэ хэкум къэзыгъэзэжыну зи мурадхэм ядэ­Iэпыкъуу зы фонд къызэрагъэпэщатэ­мэ. Е къэзыгъэзэжахэм сэбэп яхуэхъуну проект гуэрхэр хэкум щызэхаублатэмэ. Дуней псом апхуэдэ щапхъэ куэд щызокIуэ икIи абыхэм сэбэпынагъыу къахьым дыщыгъуазэщ. Мис апхуэдэу пщIэ зиIэ Iуэху гуэрхэращ ди лъэп­къыр нэхъыбэу зыхуэны­къуэр. АтIэ мы­хьэнэ зимыIэ псалъэмакъ мышыу къе­зыхьэкIхэм зыри сэбэпынагъ къапыкIыркъым. Дунейпсо Адыгэ Хасэм илэжьу фIыгъэшхуэ къызыпыкIыу сэ сызыхэплъахэм ящыщщ ди щIэблэр зэрыгъэлъагъуным, къэрал щхьэхуэхэм щыпсэу ди ныбжьыщIэ цIыкIухэм хэкур егъэ­цIыхуным ехьэлIауэ ирихьэкI лэжьыгъэр. Абы теу­хуауэ илъэсым и кIыхьагъкIэ екIуэкI Iуэхугъуэ­хэм хэкурысри хэхэсри дыщыгъуазэщ: гъэмахуэ зыгъэ­псэхугъуэм сабий гупышхуэхэр хэкум що­хьэщIэ, зыщаплъыхь, адыгэбзэ щадж. Апхуэдэу къэфакIуэ, артист ныбжьыщIэхэр сыт зэмани ди лъэпкъэгъухэм ирагъэблагъэри, къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм фестивалхэм зыкъыщагъэлъагъуэ. Аращи, ди щIэблэр хэкупсэу къэгъэхъуным ехьэлIа лэжьыгъэр зэи зэпыуркъым. Адыгэр зыхэс лъэпкъхэм фIыуэ къа­лъагъу. Ди щэнхабзэр дахэщ, ди Iуэху зехьэкIэр екIущ. Апхуэдэу, Урысейм пщIэшхуэ щиIэщ ДАХ-м, абы и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий. Сыт хуэдэ Iуэхугъуэ Хасэм къимыIэтми, дахэу гъэпсауэ, гупсысэ хэлъу ирегъэкIуэкI. Пэжщ, Хасэм хэтхэр баш цIыкIукIэ Iэнэм теуIуэмэ, зыхуей псор къэхутэнукъым. «Дунейпсо Адыгэ Хасэм и лэжьыгъэщ, абы и къалэнщ», - жамыIэу, хэти лъэкIыр къыхилъхьэу, дэнэкIэ щыIэ адыгэри дэIэпыкъуэгъу хъун хуейщ. ДызэгурыIуэмэ, дызэкъуэувэмэ, дяпэкIи ди Iуэхур зэрефIэкIуэнум шэч къытесхьэркъым. Къущхьэ Надим и Iэзагъри, и Iуэху еплъыкIэ узыншэри, хэкум хуиIэ лъагъуныгъэри къызыхыхьэжа и лъэпкъэгъухэм яхуэсэбэпу, узыншэу куэдрэ ди япэ итыну ди гуапэщ. КЪАРЭНАШЭ Мадинэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "441.txt" }
Хэхэс адыгэхэм урыс дунейм щагъэзащIэ мыхьэнэр Тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, Москва къэрал областной университетым Стратегиемрэ ана­литикэмкIэ и центрым и унафэщI Ершов Виталий иджыблагъэ тхылъ гъэщIэгъуэн къыдигъэкIащ. Абы щызэхуэхьэсащ иджырей Урысей дунейр ухуа зэрыхъуар, щэнхабзэ цивилизацэ зэпыщIэныгъэхэм ди къэралым щагъэзащIэ мыхьэнэр. Урысей къэралыгъуэм и тхыдэм, иджырей щыIэ­кIэм Кавказ Ищхъэрэм щыщу хэхэс гъащIэр зи натIэ хъуахэм щаубыд увы­пIэр иджы япэу къэгъэ­лъэгъуа щыхъуащ мы тхы­лъым. ИкIи мыбыкIэ икIауэ хамэ къэралхэм щыпсэу-хэр Урысейм и цIыхуу къэ­лъытэн зэрыхуейр жеIэ. КъуэкIыпIэ Гъунэгъум щып­сэу репатриантхэр Кав­каз Ищхъэрэм щIэх-щIэхыурэ къызэ­рыкIуэ­жым, адыгэ студентхэр Урысейм и еджапIэ нэхъыщхьэхэм зэрыщеджэм мыхьэнэшхуэ иIэу къелъытэ Ершовым, сыт щхьэ­кIэ жыпIэмэ, апхуэдэ щIы­кIэкIэ абыхэм езыхэм я лъэпкъ щэнхабзэхэмрэ бзэм­рэ нэмыщI, урыс щэнхабзэмрэ бзэмри зэрагъащIэ, Урысей Федерацэм и цIыху мэхъу. «Абы щыгъуэми ди хэкум исхэри япы­щIащ хамэ къэралхэм, благъэхэр, Iыхьлыхэр ща­Iэщ, щIалэгъуалэ зэхы­хьэ­хэр, фестивалхэр щащIкIэ ирагъэблагъэ. Апхуэдэхэм деж Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэ­рэ­шей-Шэрджэсым, нэ­гъуэщI республикэхэм икIахэм ягъэлъапIэр езы­хэм я хэку цIыкIум и за­къуэкъым, атIэ Урысей псор ягъэлъагъуэ», - етх авторым. Мы тхылъым къыщыгъэсэбэпащ ди лъэп­къэгъу­хэм я тхыгъэ зыбжанэ. Псом хуэмыдэу ­зыбжанэрэ къыщыхьащ «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ, Къэ­бэрдей Адыгэ Хасэм и ­тхьэмадэ, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и ­вице-президент Хьэ­фIыцIэ Мухьэмэд и Iэда­къэ­щIэкIхэм щыщ. Хьэ­фIы­цIэм и тхылъхэм, тхыгъэхэм щыщ гупсысэ гъэ­­щIэгъуэнхэр хэухуэнащ Ер­шовым къигъэлъагъуэ Iуэхухэм. ИкIи хамэ къэрал щыхэхэс адыгэхэм я Iуэху зыIутыр тхылъеджэхэм ­къаригъэщIэнымкIэ ахэр сэбэпышхуэ хъуащ. Ершовым и тхылъым къыщигъэлъэгъуащ ады­гэ­хэм я нэхъыбэр Тыркум зэрыщыпсэур, Сирием, Иор­данием, Ливаным, Германием, Мысырым, Ира­кым, Израилым, Саудей Хьэрыпым, США-м абыхэм щаубыд увыпIэр. Ап­хуэдэуи Великобританием, Норвегием, Голлан­дием, Сербием, Алыджым, Австралием, Японием, Канадэм, Мадагаскарым, Суданым адыгэ хасэ цIыкIу­хэр зэрыщыIэр. НэщIэпыджэ Замирэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "442.txt" }
Псыдзэм зыхуагъэхьэзыр КъухьэпIэ-Каспий псыгуэн округым и Бассейн советым и зи чэзу зэIущIэр иджыблагъэ КъБР-м и Правительствэм щригъэкIуэкIащ абы и унафэщI Курбанчиев Гусейн. КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий Псы хъугъуэфIыгъуэхэмкIэ федеральнэ агентствэмрэ КъухьэпIэ-Каспий псыгуэным и IуэхущIапIэмрэ я унафэщIхэм фIыщIэ яхуищIащ къуажэхэмрэ жылэхэмрэ псыдзэм щыхъумэным, гидротехникэ ухуэныгъэхэр шынагъуэншэу щытыным зэпымыууэ я нэIэ зэрытрагъэтым папщIэ. КъБР-м щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министр Шаваев Ильяс жиIащ республикэм и къуршыпс Iуфэу километр 744-м псыдзэ къыщехынкIэ шынагъуэ зэрыщыIэр. ЯтIэпсымрэ псымрэ ящIэуэнкIэ хъунущ цIыху мини 150-м щIигъум. 2018 гъэм ирагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм къагъэлъэгъуащ псыежэх нэхъ шынагъуэ дыдэхэр. Ахэр - Тэрч, Балъкъ, Шэрэдж, Налшык псыхэрщ. Бахъсэн псыежэхыр нэхъ къыхагъэщхьэхукI Тырныауз къалэмрэ Эльбрус, Нейтринэ, Бахъсэн Ипщэ къуажэхэмрэ я Iэгъуэблагъэм хуэзэу зэрышынагъуэмкIэ. Мы гъэм министерствэм и мурадщ Бахъсэным Герхожан-Суу псыежэхыр къыщыхэлъадэм деж псыжапIэр щигъэкъэбзэну. Апхуэдэ лэжьыгъэр километр 1,2-м и кIыхьагъкIэ щрагъэкIуэкIынущ. Министрым къызэрыхигъэщамкIэ, псы Iуфэхэм я быдапIэ 72-м ящыщу 46-м я щытыкIэр щIагъуэкъым. Ахэр зэрызэрагъэпэщыжыну Iуэхур къыщыгъэлъэгъуа дэфтэрхэр ягъэхьэзыращи, мы зэманым хоплъэ. КъищынэмыщIауэ, 2019 - 2020 гъэхэм министерствэм и мурадщ псы Iуфэхэм я быдапIэ нэхъ шынагъуитхур - Белэ речкэ, Аушыджэр, Старэ Шэрэдж, Псыгуэнсу, Прималкинскэ къуажэхэм хуэзэу - зэрагъэпэщыжыну. Псоми зэхэту километри 6-м щIигъу къызэщIрагъэубыдэнущ, абы щыщу мы гъэм елэжьынущ километр 1,2-м. - Уэсым и Iувагъыр къапщытэу гъатхэпэ - мэлыжьыхь мазэхэм траха сурэтхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, псы гъэтIылъыгъэр адрей илъэсхэм елъытауэ хуэдэ 1,4-кIэ нэхъ мащIэщ. Ауэ къэлъытэн хуейщ уэсыр зэрыпIащIэм къыхэкIыу, мылылъэхэри нэхъ пасэу ткIункIэ зэрыхъунур. Абы къикIращи, ятIэпсыр къехынымкIэ шынагъуэ нэхъыбэ щыIэщ, - жиIащ Гидрометеорологиемрэ дыкъэзыухъуреихь дунейм кIэлъыплъынымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр центрым и унафэщI Богаченкэ Евгений. ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ Тэрч псыежэхым и къабзагъэмрэ теплъэмрэ зэрелэжьыну проект зэрызэхагъэувэну щIыкIэм. Мы зэманым апхуэдэ программэ щхьэхуэкIэ Псыжь псыежэхым йолэжь. Курбанчиев Гусейн къыхигъэщащ зи унафэщI IуэхущIапIэр а псомкIи щIэгъэкъуэн къазэрыхуэхъунур. КАНЩАУЭ Мэлычыпхъу.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "443.txt" }
Фэеплъ мыкIуэдыж Хэку зауэшхуэр зэриухрэ илъэс 74-рэ зэрырикъум ирихьэлIэу КъБР-м и щIыналъэхэм абы пыщIа Iуэхухэр щрагъэкIуэкI. Метр 70 зи кIыхьагъ Георгий лентIыр Налшык ­къалэ ирашри, Бахъсэн щIыналъэм щыщ Кыщпэк къуажэм яшащ икIи ар яIыгъыу щIалэгъуалэр уэрам нэхъыщхьэм ирикIуащ. Шэч хэмылъу, апхуэдэ Iуэху дахэр даIыгъащ щIыналъэ, къуажэ администрацэхэм я лэжьакIуэхэми. Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъым деж пэкIу щекIуэкIащ. Ар къызэIуихащ къуажэ администрацэм и унафэщIым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Елбэрд Артур. Абы жиIащ ТекIуэныгъэ Иныр къытхуэзыхьа ди нэхъыжьыфIхэм я фэеплъ нэхур, я щIыхьыр тхъумэн зэрыхуейр, мамырыгъэм зи гъащIэр щIэзыта ди ветеранхэр зэи тщыгъупщэ зэрымыхъунур. Бахъсэн районым и щIалэгъуалэмрэ Аруан щIыналъэм щыщхэмрэ Георгий лентIыр зэIэпахащ, абы иращIэкI дауэдапщэм адэкIэ пащэну. Чылар Аринэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "444.txt" }
ФIым хуаущий Муслъымэнхэм я дин IуэхущапIэм и унафэщIым и дэIэпыкъуэгъу Амщыкъуэ Анджелэ щыIащ Урысейм Тезырхэр егъэпшынынымкIэ и федеральнэ къулы­къум и IуэхущIапIэу КъБР-м щыIэм и цIыхубз колоние №4-м. Дин лэжьакIуэр яхуэзащ икIи иущийуэ епсэлъащ пIалъэкIэ жылагъуэм пэIэщIэ хъуа цIыхухэм. Апхуэдэуи Амщыкъуэ Анджелэ колонием и библиотекэм иритащ ислъам диным теухуа тхылъхэр. ЗэIущIэр екIуэкIащ Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэмрэ УФСИН-м и щIыналъэ IуэхущIапIэмрэ федеральнэ грант ахъшэмкIэ пхагъэкI «Исламская реинтеграция заключенных» Iуэхум хыхьэу. Мы колонием щекIуэкIащ шахматымкIэ зэпеуэ. - Мыпхуэдэ зэхьэзэхуэхэр сэбэпщ икIи Iэмал имыIэу дызыхуейщ тезырыр зыпшыныжхэм ядедгъэкIуэкI гъэсэныгъэм кърикIуэр нэрылъагъуу ефIэкIуэнымкIэ. Мы спорт лIэужьыгъуэр къапщтэмэ, акъылым зрегъэужь, гъащIэ узыншэр яхэпщэнымкIэ щхьэпэщ, - къыхигъэщащ IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ Бий Хьэфисэт. КъБР-м щыIэ УФСИН-м и пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "445.txt" }
КъумпIыл Мурат и махуиплI зекIуэ Адыгэ Республикэм и Iэтащхьэ КъумпIыл Мурат зи пашэ гупышхуэ Тырку къэралыгъуэм щыIащ сату-экономикэ, щэнхабзэ-егъэджэныгъэ зэдэлэжьэныгъэхэр зэтраублэну, хамэщIым ис адыгэхэм хуаIэ пыщIэныгъэхэр нэхъри ягъэбыдэну, хагъэхъуэну. Iэтащхьэм и гъусащ АР-м и Министрхэм я Кабинетым хэтхэр, IуэхущIапIэ нэхъ инхэм я унафэщIхэр, Хасэ тхьэмадэхэр, Адыгэ къэрал университетымрэ Мейкъуапэ къэрал технологие университетымрэ я унафэщIхэр, «Налмэс», «Ислъэмей» къэрал ансамблхэр. - Урысеймрэ Тыркумрэ я зэпыщIэныгъэр нэхъ быдэ мэхъу. Абы теухуауэ къэралыгъуитIми я Президентхэм Iуэху куэд зэфIагъэкI. Сэ къызолъытэ къэралитIым я зэгурыIуэныгъэр дяпэкIи гъэбыдэным мыхьэнэшхуэ иIэу, - жиIащ КъумпIыл Мурат. Iэтащхьэм къыхигъэщащ Адыгеймрэ Тыркумрэ Iуэху зэдащIэным республикэр зэрыхуэхьэзырыр. ЗекIуэр хуабжьу купщIафIэ хъуащ, Тыркум и къалищым зэхыхьэ, зэхуэзэ гъэщIэгъуэнхэр щекIуэкIащ. КъумпIылыр яIущIащ Тыркум сатумкIэ и министрым, Истамбылрэ Дюзджэрэ я Iэтащхьэхэм, Тыркум и Лъэпкъ зэхуэсым и депутатхэм, нэгъуэщIхэми. Адыгэ Республикэм и Iэтащхьэр яхуэзащ KAFFED, KAFDAV, KAFSAM, KAFiAD, DOSTLUK KLUBU жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэм. А зэгухьэныгъэхэм Тыркум ис адыгэ мелуан бжыгъэ къызэщIаубыдэ. Анкара и Чанкае куейм зэIущIэ дахэ щекIуэкIащ. Ар къыщызэIуихым КъумпIыл Мурат жиIащ хамэ щIыналъэхэм ис адыгэхэр зэзыпх мыпхуэдэ Iуэху дахэхэм мыхьэнэшхуэ зэраIэр. Апхуэдэуи нэхъыжьхэр гуапэу къазэрыпежьам, анэдэлъхубзэр, бзэр, тхыдэр яхъумэу нобэм къызэрысам щхьэкIэ фIыщIэ зэрахуищIыр жиIащ. «Тыркум щыпсэу адыгэхэм Iуэхугъуэшхуэ зэфIах, - жиIащ Iэтащхьэм. – Тыркум и зыужьыныгъэм и сыт хуэдэ лъэныкъуи я гуащIэ халъхьэ, щыпсэу лъахэми, я адэжь хэкуми я фейдэ зыхэлъ Iуэхухэр къазэрыдэхъур хуабжьу ди гуапэщ. Къапщтэмэ, адыгэбзэм, щэнхабзэм, тхыдэм ехьэлIауэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэр зыхуеинумкIэ дадэIэпыкъуну дыхьэзырщ». КъумпIыл Мурат тепсэлъыхьащ Адыгэ Республикэм зиужьын папщIэ нобэ ирагъэкIуэкI Iуэхухэр зыхуэдэм, хамэ къэралхэм щи­къухьа адыгэхэм яхуэгъэзауэ ящIэхэм. Апхуэдэуи игъэ­белджылащ Тыркум ис адыгэхэм хуаIэ зэпыщIэныгъэхэр нэхъри ирагъэфIэкIуэныр я мурадхэм ящыщ зыуэ зэрыщытыр. ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ Тыркум ит Адыгэ Хасэхэм я федерацэм и унафэщI Шекерджи (Мамхэгъ) Йлдыз. Абы федерацэм и Iуэху зытетыр жиIащ икIи Адыгейм и Iэтащхьэм фIыщIэ хуищIащ и лъэпкъэгъухэм зэрахуэзам папщIэ. ЗекIуэм и кIэух махуэм «Налмэсымрэ» «Ислъэмеймрэ» Истамбыл концертышхуэ щатащ. НэщIэпыджэ Замирэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "446.txt" }
Бгыщхьэм щагъэлъапIэ КъБР-м и Парламентыр илъэс 25-рэ ирокъу «КъБР-м и Парламентыр илъэс 25-рэ ирокъу» псалъэхэр зытетха ныпыр драхьеящ Шэджэм аузым и Къыр тхыцIэм и зы лъагапIэм. Абы дэкIуеяхэм яхэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Жанатаев Сэлим, депутатхэу Киреевэ Надеждэ, Макитов Талип, Къалмыкъ Марат, Тохъу Ислъам, Вындыжь Чэрим, Газаев Масхут, КъБР-м и Парламентым и Аппаратым и лэжьакIуэхэу ЦIыпIынэ Заурбэч, Ахъуэхъу Азэмэт, Былымгъуэт Ислъам, Мамбэт Анзор, Миронов Михаил сымэ, КъБР-м и Парламентым и ЩIалэгъуалэ палатэм хэтхэу Созаев Кязим, Абазэ Албэч, Андреевэ Илонэ, ЛIэужь Ахьмэд, Тэтэр Къантемыр, «КъБР-м и ухуакIуэхэр» зэгухьэныгъэм и унафэщI Шыхъалы Эдуард. Гупым дунейм закъыдищIми, къару мымащIэ трагъэкIуэдэн хуей хъуащ, метр мини 3-кIэ нэхъ лъагэу зызыIэт бгым дэкIуеин щхьэкIэ. ЛъагапIэр абыхэм къагъэIурыщIащ сыхьэти 3-м и кIуэцIкIэ. - Си гуапэ хъуащ гупым ди мурадыр къызэрыдэхъулIар. Дэтхэнэми хэлъ жэуаплыныгъэмрэ гугъуехьым зэрыпэщIэтыфымрэ я фIыгъэу ар къызолъытэ. Бгым дыдэкIа нэужь къэтлъэгъуащ щIыуэпсым и дахагъэр зэрыгъэщIэгъуэныщэр, - жиIащ Жанатаев Сэлим. КъБР-м и Парламентыр илъэс 25-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ ирагъэкIуэкI Iуэхугъуэхэм язт икIи нэхъ гугъут а бгым дэкIыну зэрытраухуар. КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "448.txt" }
IэщIагъэмкIэ гъуазэ яхуэхъуу Егъэджэныгъэ Хьэмдэхъу Башир и цIэр зэрихьэу Старэ Шэрэдж къуажэм дэт мэкъумэш колледжым иджыблагъэ Iуэху щхьэпэ щекIуэкIащ. ЕджапIэм и унафэщIхэм къызэрагъэпэща джэгу-зэпеуэм хэтащ Аруан, Лэскэн, Шэрэдж щIыналъэхэм я курыт еджапIэхэм щIэсхэр. Колледжым, хабзэ дахэ щыхъуауэ, илъэс къэс мы джэгу-зэпеуэр щызэхашэ. - Ди еджапIэр зыхуэдэм гу лъедгъэтэну, дгъэхьэзыр IэщIагъэлIхэм пщIэ зэраIэр дгъэлъэгъуэну къыдогъэблагъэ курыт еджапIэр къэзыуххэр, - жиIащ колледжым и унафэщI Сэхъурокъуэ Анатолий. - Согугъэ нобэ фызыхэтыну джэгу-зэпеуэм фи нэгу зригъэужьыну, гъащIэ гъуэгуу хэфшынуми фригъэгупсысыну. ЕджакIуэ 300-м щIигъу зыхэта джэгу-зэпеуэм щытекIуащ Псыгуэнсу къуажэм дэт курыт еджапIэ №1-м къикIа гупыр. Абыхэм иратащ ксерокс зыщI Iэмэпсымэрэ фIыщIэ тхылърэ. КъищынэмыщIауэ, зэпеуэм хэта ныбжьыщIэхэм щыхьэт тхылъхэр хуэгъэфэщащ, Старэ Шэрэдж курыт еджапIэ №2-мрэ Лэскэн щIыналъэм и зы школрэ саугъэт щхьэхуэхэмкIэ къыхагъэщхьэхукIащ Iуэхум жыджэру зэрыхэтам папщIэ. Зэпеуэм кърихьэлIат КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм и къудамэм и унафэщI Агъырэ Светланэ, Аруан щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Атэлыкъ ФатIимэ, егъэджэныгъэмкIэ Лэскэн щIыналъэ управленэм и лIыкIуэхэу Едгъул Залинэрэ Дэлэл Ритэрэ, нэгъуэщIхэри. КупщIафIэрэ нэгузыужьу екIуэкIа джэгу-зэпеуэр, хэт ищIэрэ, ныбжьыщIэ гуэрхэм яхуэхъунри хэлъщ гъащIэ гъуэгум тезышэн лъагъуэ. Дэтхэнэ зыми и зэфIэкIхэр щигъэунэхуфыну къызэгъэпэща зэIущIэм удимыхьэхынкIэ Iэмал имыIэу екIуэкIащ. Бжьыпэр зыубыдар къагъэнэхуа нэужь, Iуэхум концерткIэ пащащ. Фырэ Анфисэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "449.txt" }
ЛIы и Iуэхуу хэкум ирищIыхьар Илъэс зыбжанэкIэ узэIэбэкIыжмэ, КъардэнгъущI Зырамыку къыфIащауэ щытащ ди республикэм и цIыхубэ артист цIэ лъапIэр. Сэ фIыуэ къызгуроIуэ апхуэдэр къэзымылэжьам фIащ зэрымыхабзэр. ИтIанэми «цIыхубэ», «щIыхь зиIэ» псалъэхэр зыпыт цIэ лъапIэ зезыхьэ псори схузэхуэгъэдэнукъым. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, Зырамыку хуэдэ закъуэтIа­къуэхэр (цIэ лъапIэ хуагъэфэщауи хуамыгъэфэщауи щрет), псоми къахощхьэхукI я IуэхущIафэмкIи, а Iуэху зыбгъэдэтыр лъагэу зэраIэтымкIи. ИЛЪЭС 70-м нэблэгъауэ а лIы щэджащэр ди лъэпкъ щэнхабзэм хуолажьэ, илъэс 60 хъуауэ адыгэ щы­псэу щIыпIэ къимыгъанэу уэрэдыжьхэр, хъыбархэр, псалъэжьхэр зэхуехьэс, зэхуехьэсри тхылъу къыдегъэкIыж. Илъэс 50-м щIигъуащи, абы и уэрэд жыIэкIэр цIыхубэм ямыужэгъуу, щIэщыгъуэр имыкIыу, едаIуэр псэкIэ ихьэхуу къоIу. Сэ сщIэркъым Тхьэуэ дыкъэзыгъэщIам Зырамыку и натIэ къритха мыгъуагъэ къомыр тIэкIу хигъэ­гъуэщэжын щхьэкIэ гъуазджэр гуэдзэ къыхуищIами, «фIы куэдыIуэ лъысащ» жиIэу, щIегъуэжу лъэпощхьэпо хэмыкI ищIыжами. Ауэ сщIэр зыщ: КъардэнгъущIыр зымыцIыхухэм «Зи насып!» жаIэ. Ауэ абы и гъащIэр къызэрекIуэкIам нэхъ кууIуэу щыгъуазэхэм: «Къардэн-гъущI - къудейкъым, гъущI дыдэщ, апхуэдиз щишэчакIэ», - дыщIагъуж. Гукъеуэ мащIэ илъэгъуакъым, и нэхъыжьи и нэхъыщIи зэкIэлъыкIуэу зыбжанэ щIилъхьэжащ, и Iэпкълъэпкъым узыфэ къыхыхьати, абыи ебэныфащ. А псор зыщIэ языныкъуэхэм «ИтIанэми уэрэд жеIэф!» - ягъэщIагъуэ. Ауэ, сэ къызэрысфIэщIымкIэ, а уэрэдхэр, хъыбарыжьу зэхуихьэсыж къомыр мыхъуатэмэ, Зырамыку къытехуа хьэлъэр хуэмышэчынри хэлът. Зэгуэр зэман къэхъунущ, «Ар сытым щыгъуэт щыщыIар?» - щIэупщIэмэ, «КъардэнгъущI Зырамыку и зэманым», - жаIэу жэуап ятыжу. Мис абы щыгъуэ цIыху къызэрыгуэкIым и пщалъэу щытынур Зырамыку хуэдэхэр зэралъытэу щытарщ. Нобэ зи цIэр ву куэдым я цIэхэр кIуэдыжынурэ, хьэрэмыгъэкIэ зэзылъэфэлIари къыздикIам кIуэжынущ. Къэнэнур лIы и Iуэхуу хэкум иращIыхьарщ, лъэпкъым хуащIэрщ. Ди зэманым Андемыркъан и хъыбарыр къызэрысам хуэдэу, нобэ фIы зыщIэм и хъыбарымрэ и Iэужьымрэ мыкIуэдыжу къэнэнущ. Апхуэдэщ Зырамыку и макъ телъыджэр, абы итхыжа тхылъхэр, и IуэхущIафэ дахэр. Нобэ а лIы щыпкъэм уеплърэ узэплъыжмэ, уэ къызэбнэкIынури къэпщIэнущ. Сурэтым: Зырамыку Мейкъуапэ щохьэщIэ. Ар бгъэдэсщ СССР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, тхакIуэ, щIэныгъэлI цIэрыIуэ КIэрашэ Тембот. 1956 гъэ ГЪУТ Iэдэм. 2008 гъэ
{ "source": "apkbr.ru", "id": "45.txt" }
Дунейм щыхъыбархэр Къэралым и пенсэхэр ирамытыным топсэлъыхь Донбасс щIыналъэм щыщхэу УФ-м и паспорт къеIызыххэм Украинэм и пенсэхэмрэ хуэмыщIахэм зэрадэIэпыкъу нэгъуэщI ахъшэхэмрэ ирамытыну и мурадщ къэралым и Правительствэм. Абы теухуа унафэ зэкIэ къамыщтами, а Iуэхум хоплъэ икIи, экспертхэм къызэралъытэмкIэ, ущыгугъыщэ хъунукъым къэралым апхуэдэ лъэбакъуэ имычыным. Радэ Нэхъыщхьэм и депутат Бойкэ Дмитрий а Iуэхум щытепсэлъыхьым къыхигъэщащ ар я конституцэми цIыхум и хуитыныгъэхэр хъумэным хуэгъэзауэ щыIэ дунейпсо хабзэхэми къызэремызэгъыр. Абы зэрыжиIамкIэ, ари ящыщщ къэралым и политикэмкIэ мыарэзыхэм я щхьэр хэкум зэрырагъэх Iэмалхэм. «Ар зи цIыхубэм псалъэ къахуэзымыгъуэтыжыф, зи Iулыджыр ехуэхыпа политикхэм ялъ зэращIэж Iэмалу аращ. Ахэр къэралым и унафэщIу адэкIи щытыныр Украинэм мамырыгъэр щызэтеувэжыным лъэпощхьэпо нэхъыщхьэ хуэхъу Iуэхущ мы зэманым», - къыхигъэщащ депутатым. Финляндием щылэжьэну хуеймэ Урысей Федерацэм щыщ цIыхухэр я къэралым щигъэлэжьэну иригъэблэгъэну и мурадщ Финляндием. Езыхэм я цIыху бжыгъэм зэрыхэщIар, я щIалэгъуалэми лэжьакIуэ къызэрыгуэкIыу IэнатIэ Iутыну хуейуэ яхэтыр зэрымащIэ дыдэр къалъытауэ, Финляндием и IуэхущIапIэхэр йогупсыс ягъэлэжьэнухэр Урысейм ирашыным. ГъущI зэпызыгъавэ, машинист, ухуакIуэ IэщIагъэхэр, нэгъуэщIхэри зиIэхэр хуабжьу къащомэщIэкI къэралым. «ЛэжьапIэ IэнатIищэхэм пэрытын диIэкъым мы зэманым. Улахуэри мащIэкъым. Псалъэм папщIэ, гъущI зэпызыгъавэм и лэжьапщIэр мазэм еврэ минищ щохъу ди деж, ауэ абыкIи арэзы хъун дгъуэтыркъым», - жиIащ технологие IэнатIэм и IуэхущIапIэхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Акола-Лехтинен Анне. «Дэ, хуей хъумэ, лэжьакIуэ IэщIагъэхэм хуедгъэджэфынущ ди деж къэкIуэну хуейхэр, ауэ а Iуэхур икъукIэ гугъусыгъуу фIэкIа зэфIыхьэркъым. Мы зэманым гъущI зэпызыгъавэу ди деж щылажьэхэм я процент 50 - 80-р урысрэ полякрэщ, - къыхигъэщащ гъущI гъуэгу транспортым къыщагъэсэбэп машинэхэр къыщIэгъэкIыным елэжь Skoda Transtech компанием и унафэщI Орре Лассе. - ЛэжьакIуэфIхэр къэбгъуэтыныр икъукIэ гугъущ. Куэд щIауэ согупсыс Урысейм щыщ студентхэр IэщIагъэм хуедгъаджэрэ ди деж щыдгъэлэжьэжу Iуэхур зэтедублэным. Ауэ ар зэкIэ хъуэпсапIэу аращ». Skoda Transtech IуэхущIапIэм къыпэщытщ Тампере къалэм щызекIуэну трамвай линэщIэм папщIэ вагон 26-рэ ищIыну. А лэжьыгъэм еврэ мелуан 97,5-рэ текIуэдэну къабжащ икIи апхуэдиз мылъку зыхухаха проектыр гъэзэщIэным, дауи, фейдэшхуэ къыпэкIуэнущ, абы я Iыхьэ къыхахыным тегушхуэн урысейхэри мымащIэу щыIэу къыщIэкIынщ. НОБЭ ♦Унагъуэхэм я дунейпсо махуэщ ♦Климатым и дунейпсо махуэщ ♦СПИД узыфэм илIыкIахэм я фэеплъ махуэщ ♦Осетие Ищхъэрэ - Алание Республикэм щагъэлъапIэ осетиныбзэмрэ литературэмрэ я махуэр ♦1867 гъэм Жор Плъыжьым и Урысей зэгухьэныгъэр къызэрагъэпэщащ. ♦1930 гъэм США-м щыщ Черч Эллен дунейм щыяпэу стюардессэу лэжьэн щIидзауэ щытащ. ♦1935 гъэм Москва и метром и япэ къудамэм - «Сокольники» - «Парк культуры» линэм - мафIэгу ирикIуащ. ♦1942 гъэм 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр лъэпкъ шууей дивизэр зауэм кIуащ. ♦1945 гъэм Югославием и дзэм иухащ къэралыр фашист зэрыпхъуакIуэхэм къаIэщIэгъэкIыжын. ♦1945 гъэм СССР-м и ХъыбарегъащIэ бюром къитащ Хэку зауэшхуэм къратыкI иужьрей хъыбарыр. Абы щыгъуэ Левитан Юрий мыпхуэдэ хъыбарт зэбгригъэхар: «Фронт псоми щызэфIэкIащ нэмыцэ гъэрхэм зыкъатыныр». ♦1955 гъэм СССР-м, Инджылызым, Франджым, США-м, Австрием Венэ Iэ щытрадзащ Австрием и къэралыгъуэр зэфIэгъэувэжыным, ар демократие хабзэхэм тетыным теухуа зэгурыIуэныгъэм. ♦1965 гъэм СССР-м къыщызэрагъэпэщащ ЩIэныгъэхэмкIэ и академием Хьэрш къэхутэныгъэхэмкIэ и институтыр. ♦1845 гъэм къалъхуащ урыс биолог, Нобель и саугъэтыр зрата Мечников Илья. ♦1848 гъэм къалъхуащ урыс сурэтыщI цIэрыIуэ Васнецов Виктор. ♦1859 гъэм къалъхуащ франджы щIэныгъэлI-физик, Нобель и саугъэтыр зыхуагъэфэща Кюри Пьер. ♦1891 гъэм къалъхуащ роман цIэрыIуэ куэд зи къалэмыпэм къыщIэкIа урыс тхакIуэ, драматург, режиссёр Булгаков Михаил къызэралъхурэ илъэси 127-рэ ирокъу. ♦1925 гъэм къалъхуащ совет актрисэ, СССР-м и цIыхубэ артисткэ Касаткинэ Людмилэ. ♦1903 гъэм къалъхуащ шэрджэс тхакIуэ Темыр Сэлихь. ♦1913 гъэм къалъхуащ режиссёр, УФ-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Адыгэ Республикэм и цIыхубэ артист IэхъуэджакIуэ Мэжид. ♦1919 гъэм къалъхуащ драматург, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Акъсырэ Залымхъан. ♦1921 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, драматург, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Дудар Хьэутий. ♦1925 гъэм къалъхуащ урысей композитор, Совет Союзым и цIыхубэ артист, СССР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Эшпай Андрей. ♦1933 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ артист, режиссёр ШэрыIужь Анатолий. ♦1935 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, журналист, «Адыгэ псалъэ» газетым и къудамэм и унафэщIу илъэс куэдкIэ лэжьа Къамбий Зуфар. ♦1940 гъэм къалъхуащ УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ Светличная Светланэ. ♦1942 гъэм къалъхуащ техникэ щIэныгъэхэм я доктор, РАЕН-ми ЩIДАА-ми я академик, РАН-м и Къэбэрдей-Балъкъэр центрым и тхьэмадэ Иуан Пётр. ♦1947 гъэм къалъхуащ УФ-ми, Кубанми, КъБР-ми щIыхь зиIэ я артист, Адыгэ Республикэм и Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща, Зэныбжьэгъугъэм и орденыр зрата Зехьэ Заурбий. ♦1962 гъэм къалъхуащ физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор ДыщэкI Артур. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 25 - 27-рэ, жэщым градус 14 - 16 щыхъунущ. Лъэпкъ Iущыгъэ: АнэнэпIэсыр уэсым нэхърэ нэхъ щIыIэщ, зэзым нэхърэ нэхъ дыджщ. Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "450.txt" }
УзиIэщ уэ, бгъэнэхуу си пщэдейр! ДЫГЪУЖЬ ФуIэд Уз Уз Iеищэ къызоуз, Къызоузри - сегъэгыз. Пхъэхым хуэдэу сызэпех, КъысхыхьэхукIэ сегъатхъэ. Къызэузми, си гуапэщ, СрищIыкIми, сфIэлъапIэщ. Уэ си узу, бетэмал, ХыумыгъэщIыт зы мэскъал. Адыгэ псоми еуалIэ, Псори зы щIыпIэ ешалIэ. Уеуз хъумэ - заIэтынщ, Уи хущхъуэгъуэр къагъуэтынщ. Гъуэгу нэхъыфIым дытепшэнщ, МыхъумыщIагъэм дыхэпшынщ. Сэ си узыр хэт къищIэн? Си щэхуфIыр къыздищIэн? Адыгагъэрщ къызэузыр, ЦIыху пэжагъырщ сэ сызысыр. ЗэрыцIалэми си узыр, Сыхъужынут зэуэзэпсэу: Си лъэпкъ мащIэр зы хъужамэ, Iуащхьэмахуэ тлъагъужамэ! Сирие, Хъышней ИНЭМЫКЪУЭ Мулид Сыхэт сэ? Тырку щIыналъэм сыщыпсэумэ, Си лъэпкъыцIэщ «тырку», ХьэрыпыщIыр лъахэ схуэхъумэ, Сэ къысфIащ «хьэрып». Iуэхуу щыIэм я нэхъыкIэр Куэдрэ къызапэс. Псалъэу щыIэм я нэхъ жагъуэр Сэ къызадз: «Хэхэс». Сыщыпсэуми къэрал Iэджэм, Сэ сыхъуащ хэкуншэ. Я дэ ди Тхьэ, Хэку зимыIэр Сыту насыпыншэ! * * * Гъуэгуанэ жыжьэ къыспреплъэ куэдрэ, Гъуэгуанэр, хуеймэ, куэдрэ ирекIэщI. Си лъахэ дыщэм сыхуэзышэм нэхърэ Нэхъ лъапIэ сэркIэ щыIэкъым нэгъуэщI. Ар гъэгъэнщ Бейщ си лъахэр дыгъэ бзийкIэ. Дыгъэ бзий щыIэху, Хъункъым лъахэр нэхъ тхьэмыщкIэ. Ар гъэгъэнщ кIуэтэху. Iуащхьэмахуэ зиIэтауэ ЕщI Iэдакъэжьауэ, Поплъэ Iуащхьэр си лъахэгъухэм Илъэс Iэджэ хъуауэ. Мазэ цIыкIум дыщэ бзийкIэ Лъахэ псор щIегъанэ... «УмыкIуэж» къызжеIэ мазэм, Мазэм ещI гукъанэ. Хуэзэшынкъым псэр хамэщIым, Хьэкъыу мэхъу си фIэщ. Хъуащ мы си гум махуэ къэскIэ ГурыфIыгъуэ хуэщ. Уэсэпс ткIуэпскIэ пщэдджыжьыпэм Удз гъэгъар мэгъуэг... Хэку дахагъэм нэху щыхункIэ Псэ ешар щIобэг. Тырку, Анталие ЯФIЭУНЭ Абдул ГущIэгъу Хэхэс гъащIэ еруугъэм Зэкъуэт ищIащ ди адыгэр, Пагэу Iумпэм щымыIэным ЕIэт цIыхухэм я цIыхугъэр. Псынэм псынэ щыхэлъадэм, Псышхуэ хъуауэ зеукъуэдий. Ди гущIэгъум гущIэгъу хэхуэм, Дэхуэхынкъым ди лъхудий. Иордание, Сыуелыхь КЪАРДЭН Дурие * * * Си Шэрджэсым сщIэркъым згъэзэжынуми, Ауэ сыхуогуфIэ зиужьыху. Сэри сщIэркъым гъащIэу къэзгъэщIэнури, Сэ си хэку симысми, ар си жьыхущ. Ихьэкъым тхьэкIумэм ди жагъуэгъухэм Адэжь лъахэм пцIыуэ хузэхалъхьэр. Дэ дызимыщIасэхэр къыдогъухэр, «Лъэпкъ кIуэдыжыр» бэкъуэхукIэ къытпалъхьэу. Пэжщ, гугъуащ, Шэрджэс, уи гъуэгуанэр ГъэпщылIакIуэ бзаджэхэр щыIэху, Ауэ теткъым дэ ди щIыфэ гуанэ, Хэку телъыджэ хуитыр щIым тетыху. СщIэркъым сэ гъуэгуанэу зэпысчынур... Махуэ къэси лэжьакIуэ сыкIуэху, Гъуэгу сытетщи сэ дэзмычыхыну, Си щIыналъэм зэ сеуэлIэжыху. Гугъэм сынэмысу сукIуриймэ, Си мурадыр ныпу къаIэтынущ. ЩаIыгъынщ гъуэгуанэм ди сабийхэм, А мурадыр зым ирамытынущ. Тырку, Анкара ЕХЪУЛIЭ Хьэний Iуащхьэмахуэ Iуащхьэмахуэ игу къыщежьэу Псышхуэ уэрхэр мэпIейтей. Хыр здэщыIэм яунэтIауэ Йожэх, къафэу ислъэмей. Дэнэ кIуэми лъахэ фащэу, Хабзэ дахэр къыздрахьэкI. Дэнэ псыми хэмыгъуащэу Ахэр къофэ ислъэмей. Пшэм щылыду уэгум итхэр ПфIэмыщI вагъуэу удэплъейм. Ахэр лъахэм и ткIуэпс дыщэу Ноби къофэ ислъэмей. Къохыж уэшхыуи дэни носыр Iуащхьэмахуэ ипс пIейтейр, ЩIылъэ псоми ялъоIэсыр Ди къэфэкIэу ислъэмейр. Хыуэ щыIэм ухэплъамэ, Хыболъагъуэр толъкъун уейр, Нэхъ еплъыIуи - къэплъагъунущ Къызэрыфэр ислъэмей. Иордание, Уадисир АНСЫКЪУЭ Зулфикъар Си сабиигъуэм и уэрэд Си гуапэщ жэщ къэсыху слъагъуну пщIыхь, - А пщIыхьхэм хэту щытмэ Къэбэрдейр. КъысфIокIри си бгъэм, си гум къелъэтыхь. КIуэжынт, лъэкIамэ, си хэкужь пщэдей. Каир, Дамаск, Амман сэ сыщыдэткIи ЩызгъафIэр си гупсысэхэм уэращ. А къалэхэр щрырет фIы дыдэу хэткIи - Хэхэсу гъащIэр ахэм сэ щысхьащ. Сэ Истамбыл бэзэрым сфIэфIщ сыкIуэну - Щызэхызох абы «ФIэхъус апщийр». Апхуэдэм деж си нэпсхэр къысфIекIуэну Хьэзыр сыкъохъу, сыхуэдэу сэ сабийм. «Упсэу апщий!» - стыжамэ сэ жэуапыр, Си адыгагъэм си щхьэр сегъэIэт. Хэкужь къикIахэм сокъуз я Iэр гуапэу, ЗащызмыгъэнщIу куэдрэ сабгъэдэтщ. Апхуэдэм деж Босфорым техьэ пшагъуэм Полъэщыр си гум дыгъэ къыщепсар. Сыпхоплъри пшагъуэм, сэ солъагъу си ва­гъуэр - Си Iуащхьэмахуэ щыгу щызэщIэнар. Си сабиигъуэм и уэрэд мыр хъуауэ, КъыздызохьэкI сIурылъу: «Къэбэрдей, Си дуней, си дуней...». Тхьэр къызэхъуэхъуауэ УзиIэщ уэ, бгъэнэхуу си пщэдейр! Тырку, Сивас СТАЩ Издин ЩIыхьышхуэ пхузощI Сэ хамэщIкъым сыкъызыхуалъхуар - Сэ къыспоплъэ адыгэу си къуэшхэр. ИIэт, маржэ, фIэт дамэ гуэхуар, Ди анэшхуэм и нэпсщ дэ къыттешхэр. Гъуэгур кIыфIым хыхьэу тфIэкIуэдам, ДиIэр дэ зы закъуэщ гъуэгугъэлъагъуэу - Адыгэ быдзышэу дэ тIухуам Зэрытхуигъэнэхурщ ар лъэпкъ вагъуэу. Хъуапсэу щытмэ псэр, имыщIэу еш, КIуэдкъым жаIэр апхуэдэм и гъащIэр. Гурылъ хъуаскIэм нобэ гъуэгу хреш, МыжэщI щIыкIэ дэхуэхам и гуащIэр. ХамэщI ныджэ щыщ лъхудий тенам. Уэ, къуэш хабзэу, Iэр къыхубоший. Адэжь хэкуу щIыхькIэ щIэгъэнам Дуней псор пэжагъкIэ боущий. Сирие, Джыуезэ
{ "source": "apkbr.ru", "id": "451.txt" }
Щикъухьащ адыгэр дунеижьым Дызэрыт илъэсым, накъыгъэм и 22-м, Израиль къэралыгъуэм щыхьэщIащ США-м и президент Трамп Дональд. Ар яхуэзащ щIыпIэхэм, лъэпкъ ­мащIэхэм я унафэщIхэм. Сурэтым щыволъагъу Кфар-Камэ ­къуажэм и Iэтащхьэ Напсо Зухьеррэ Трамп Дональдрэ щызэIущIар.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "452.txt" }
Лъэпкъым и бын бгъэсэнумэ Лъэпкъ щэнхабзэм, гъуазджэм хуэ­лажьэ зэщхьэгъусэхэу Шал Хъусенрэ КIэхумахуэ ФатIимэрэ хэт зымы­цIыхур?! Хъусен и адыгэ уэрэдхэр, урысыбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ жиIэ­хэр цIыхубэм дзапэ яхуэхъуащ жыпIэкIэ ущыуэнукъым. ФатIимэ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и утыкум роль пщIы бжыгъэхэр щигъэзэщIащи, дэтхэнэри гукъинэжщ. Абы къыдэкIуэу, щэнхабзэ пшыхьхэр дахэу, щIэ­щыгъуэу ирегъэкIуэкIри, утыкум а бзылъхугъэ цIыкIур къызэрихьэу къы­зэ­хуэсахэм я гукъыдэжыр къеIэт. Прохладнэ районым къыщызэрагъэ­пэща Адыгэ Хасэм и тхьэмадэу Хъусен зэрагъэуврэ куэд щIакъым. Я лэжьыгъэр иджыри убла мыхъуами, мурадхэр и куэдщ абы. «Дунейпсо Адыгэ Хасэм, абы и къудамэхэм я лэжьэкIэ, я Iуэху зехьэкIэ сыкIэлъыплъу, къызэрысщыгугъ псори лъэпкъым хуэсщIэну сыхущIэкъунущ, - жеIэ Хъусен. - Сабийхэм я деж щегъэ­жьапхъэу къызолъытэ Iуэхур. Ди бзэр, ди хабзэр абыхэм егъэщIэным, къызыхэкIа лъэпкъым пщIэ хуегъэщIыным ипэ ибгъэщ хъун къалэн диIэу сщIэркъым». Гуныкъуэгъуэшхуэу иджыпсту псоми диIэщ адыгэбзэмрэ урысыбзэмрэ хэдэу зыхуей къыхах хъуну къэрал унафэ зэрыщыIэм. Абы ехьэлIауэ иIэ гупсысэм дыщыщIэупщIэм, и щхьэр течауэ жиIащ Шалым: «Адэ-анэм акъыл ямыIэмэ, абы зыри пхуещIэнукъым. Сабийр дунейм къытехьа иужь, ар къэзылъхуахэм я къалэнщ нэхъ зыхуэфIыр къагъуэту абы зэрызрагъэужьыным, зэрагъэбэгъуэным яужь итыну. Мыгупсысэу урысыбзэр анэдэлъхубзэ зыщIыну балигъым акъыл иIэкъым, атIэ дауэ езым бгъэдэмылъ и сабийм зэрыритынур?» Шал Хъусенрэ ФатIимэрэ я къуэ Сослъэн мы гъэм япэ классым кIуащ. ЩIалэ цIыкIур Прохладнэ къалэм дэт урыс школщ зратар, ауэ щыхъукIэ абы и унафэщI Никитин Андрей бзитIым хигъэ­дэн Iуэху зэрихуакъым, адыгэ сабийуэ классым щIэс цIыху 11-м я адэ-анэр щыадыгэкIэ адыгэбзэ еджэн хуейуэ къилъытэри. Си гуапэ дыдэ хъуащ мы Iуэху бгъэдыхьэкIэр, иджы етIуанэу срохьэлIэ апхуэдэ. Хэкупсэу щIэблэр къэгъэхъунымкIэ хэ­кIыпIэфIхэр зэрыщыIэр къыхегъэщ Хъусен. Псалъэм и хьэтыркIэ, жып телефон зымыIыгъ щыIэкъым. Шалым псори къы­хуреджэ я лъэпкъ дамыгъэхэр зытет, я унэцIэр зытетха тебзэ абыхэм хуащIыну, абы адыгэпсэр къызэригъэушынуми шэч къытрихьэркъым. Апхуэдэ дыдэу къэбгъэсэбэп хъунущ паспорт телъхьэхэр, хъыджэбзхэм зэрызагъэдахэ хьэпшып­хэр, нэгъуэщIхэри. «Апхуэдэ мащIэхэмкIэ ешэлIа хъумэ, адэкIэ къафэщ, уэрэдщ, бзэщ, нэгъуэщI къинэмыщIщ. Нэхъ ба­лигъ хъумэ, я щIэныгъэм, гупсысэм зэ­рыхагъэхъуэн яужь итынущ, гъэсэныгъэ яхэлърэ къызыхэкIар ягъэлъапIэу зэрып­сэунум шэч къытесхьэркъым. Бзэр лъапIэныгъэшхуэщ дунейм адыгэу тетыр дызэрыщIэнымкIэ. Иджыпсту интернетыр куэдым яубми, ар сэбэпышхуэ мэхъу ди лъэпкъэгъухэр зэпыщIа хъунымкIэ. А Iэмалыр къэбгъэсэбэпыну ущIыхуейм ­теухуащ и сэбэп-зэраныр, сэкIэ щIакхъуэ зэпыбупщIи лей ирызэрепхьи зэрыхъум хуэдэу. Интернетым и фIыгъэщ ди адэ-анэхэм ди тхыдэм теухуауэ нэхъыбэ зэ­ращIэр. Апхуэдэуи си гуапэ мэхъу фащэ нэхъ щатIагъэ, джэгухэм куэду щIалэ­гъуалэр къыщыфэ зэрыхъуар. Сэ сощIэж ахэр щымащIэ дыдэу щыта зэманыр». И гуапэу Хъусен топсэлъыхь къэфэным, макъамэ Iэмэпсымэхэм еуэным хуэзы­гъасэхэр дызэриIэм, адыгэ хабзэм и ­лъагъуэм ди щIэблэр тезышэхэр къызэ­рытхэтым. Уи гур къызэщIиIэтэу къыхегъэщ иджыпсту хуэдэ зэманыфI, Iэмал нэхъыбэ ди лъэпкъым зэримыIар. Щытхъу къэзылэжь зэщхьэгъусэхэм я гугъу щыпщIкIэ, плъэмыкIыу уогупсыс: цIыху зэчиифIэу тIу щызэрихьэлIэм и деж ахэр зы къару гуэрым имыгъэунэхуу пIэрэ, я зэфIэкIыр, я дахагъэр, зыхуэла­жьэ IуэхуфIыр тIукIэ игъэбэгъуэну? Куэд зэ­зыгъэзахуэ щIалэ кIэщIущ цIыкIур и ­адэ-анэм я лъагъуэм ирикIуэнри зыхуэIуа щыIэкъым. - Зи бын щызыгъэкIынухэм ящыщщ къысхужаIэнри хэлъщ, ауэ езы сабийм и псэм фIэфIрауэ къысщохъу зытезгъэ­щIэнур. Артист сыхъуну сыхуейщ жиIэрэ, афэрым, си гуапэщ, сфIэфIщ. Хьэуэ, къысхуэгъэгъу, сызыхуейр нэгъуэщIщ, жиIэрэ - ари дэсIыгъынущ. НасыпыфIэ зы­щIын къыхихауэ слъагъунращ си дежкIэ нэхъыфIыр. Ауэ, и бын щот­хъуж къысхужывмыIэ, иджыпсту здынэсам (япэ классым мы гъэм кIуауэ аращ) и анэм нэхъри нэхъ артистщ, сэ нэхърэ мынэхъ Iейуи макъамэр къыхуоубыд. Псори фIэгъэщIэгъуэнщ, псори зыщIешэ, адэкIэ къищIыкIынур Тхьэм ещIэ. Хъусенрэ ФатIимэрэ я лэжьыгъэ ­хъуэпсэгъуэм и хъер ялъагъуу, я къуэ цIыкIу Сослъэн и гуфIэгъуэ хэмыкIыу псэуну дохъуэхъу. Афэрым, Шалхэ!!! ИСТЭПАН Залинэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "453.txt" }
ЗэфIэкI зиIа цIыхут Тхыдэм и архив дэфтэрхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и цIыхубэ комиссар къэрал шынагъуэншагъэм и майор Филатов Степан и унафэкIэ 1942 гъэм къэрал кIуэцI органхэм къыхагъэкIри 115-нэ шу дивизэм ягъэкIуащ Милицэм и курорт къудамэм и капитан КIумыхъу Хьэжмырзэ Бэчыр и къуэр. Ар 1909 гъэм дыгъэгъазэм и 13-м къыщалъхуащ Тэрч областым и Налшык округым хыхьэ Уэзрэдж къуажэм. ПэщIэдзэ школым и классиблыр, 1926 гъэм - Налшык къыщиухащ комсомол организацэм и секретархэр щагъэхьэзыр курсхэр. Хьэжмырзэ пIалъэ гуэркIэ (1929 гъ.) щылэжьащ Крупская Н.К. и цIэр зезыхьэ колхозым. 1929 - 1931 гъэхэм Дзэ Плъыжьым къулыкъур щрихьэкIащ, абы шухэр щагъасэ школыр къыщиухри, взводым и унафэщIым и дэIэпыкъуэгъуу ягъэуващ. Дзэ къулыкъум къыхэкIыжу и лъахэм къэзыгъэзэжа щIалэм лэжьэн щыщIидзащ Къэбэрдей-Балъкъэрым Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и ЦIыхубэ комиссариатым. 1931 гъэм къыщыщIэдзауэ 1941гъэм нэсыху абы IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щыпэрытащ. Хэку зауэшхуэм щIидза иужь, КIумыхъу Хьэжмырзэ зэуапIэм кIуащ. И зауэ гъуэгуанэм и гугъу пщIымэ, 115-нэ шу дивизэм и 153-нэ полкым и эскадрон щхьэхуэм и унафэщIу щытащ (1941 гъ.), 115-нэ шу дивизэм и 316-нэ полкым и штабым и унафэщIым и дэIэпыкъуэгъуу (1941-1942 гъгъ.), 1942 гъэм СССР-м и НКВД-м и къудамэ щхьэхуэм и взводым и Iэтащхьэу Ипщэ фронтым, 1943-1945 гъэхэм 4-нэ Украин фронтым и 51-нэ армэм и «Смерш» контрразведкэм и къудамэм и коменданту щытащ. КIумыхъу Хьэжмырзэ и къалэнхэр ирихьэкIащ лIыгъэрэ хахуагъэрэ хэлъу, псом хуэмыдэу хьэлъэт Сталинград деж щекIуэкIа зэхэуэр. ТIасхъэщIэххэм, диверсантхэмрэ епцIыжакIуэхэмрэ япэщIэтыныр зи къалэну щыта щIалэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ фашистхэр зэтракъутэу ТекIуэныгъэр къахьыным. Абы къигъэлъэгъуа хахуагъэм папщIэ къыхуагъэфэщащ Вагъуэ плъыжь орденитI, Хэку зауэшхуэм и орденым и 2-нэ нагъыщэр, «Сталинград зэрихъумам папщIэ» , «Кавказыр зэрихъумам папщIэ», «1941-1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм Германием зэрыщытекIуам папщIэ» медалхэр. И лъахэм къигъэзэжа иужь, КIумыхъу Хьэжмырзэ лэжьэн щыщIидзэжащ къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэм. ИлъэсихкIэ абы зэпэщу ирихьэкIащ Налшык къалэм и милицэм и 1-нэ къудамэм и унафэщIым и къалэнхэр, иужькIэ Къэбэрдей АССР-м Къэрал шынагъуэншагъэмкIэ и министерствэм ягъэкIуащ. Хьэжмырзэ щхьэх зымыщIэ цIыхут, захуагъэм сыт щыгъуи и телъхьэт. Абы папщIэ республикэм и къарузехьэ IуэхущIапIэхэм пщIэ къыщыхуащIырт. Илъэс куэдкIэ хабзэр гъэбыдэным ехьэлIа IэнатIэм хьэлэлу икIи псэемыблэжу зэрыпэрытам папщIэ, абы Вагъуэ Плъыжь орденыр, «Зэрихьа лIыгъэхэм папщIэ» медалыр къратащ. И узыншагъэр зэрыпэмылъэщыжым къыхэкIыу милицэм и майор КIумыхъур 1951 гъэм Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэм къыхэкIыжащ. Арщ­хьэкIэ ветераным иджыри илъэс куэдкIэ лэжьыгъэшхуэ зэфIигъэкIащ къытщIэхъуэ щIэблэм хэкупсэ гъэсэныгъэ яхэлъхьэным теухуауэ. Бахъсэн Азэмэт.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "454.txt" }
Иджыри щынэхъыфIщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и электрикхэм я лэжьыгъэр Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щынэхъыфIу къалъытащ. Ар наIуэ къэхъуащ 2019 гъэм и мазаем ирагъэкIуэкIа зэгъэпщэныгъэхэм кърикIуахэм щахэплъэжым. «Кавказ Ищхъэрэ» МРСК-м и «Къэббалъкъэнерго» IэнатIэм къыхуагъэфэщащ «Къудамэ нэхъыфI» цIэ лъапIэр, Iуащхьэмахуэ район электросетхэр (РЭС) езыхэм яхуэдэ IуэхущIапIэхэу Кавказ Ищхъэрэм щыIэхэм щынэхъыфIу къалъытащ, электрокъару зыщэ IэнатIэхэм я деж япэ увыпIэр Прохладнэ РЭС-м щызыIэригъэхьащ. «Кавказ Ищхъэрэ» МРСК-м и IуэхущIапIэ нэхъыфIхэм я унафэщIхэм драгъэкIуэкIа зэхыхьэм КъБР-м и электрикхэр я лэжьыгъэм зэрыщехъулIэр къыхагъэщауэ щытащ «Россеть» компанием и унафэщI Ливинский Павелрэ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбекрэ щызэIущIам. «Къэбэрдей-Балъкъэрым электросетым пыщIа и комплексыр Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щынэхъ лъэрызехьэ дыдэхэм ящыщщ. Ар, шэч хэмылъу, къызыхэкIари гурыIуэгъуэщ: а IэнатIэр республикэм и властым куууэ зэрыдэлажьэрщ, щIыналъэм и Iэтащхьэм энергетикхэм я Iуэхухэр дэкIынымкIэ зэрызыщIигъакъуэрщ. Хэгъэгухэм щыпсэухэм я гъащIэр едгъэфIэкIуэн папщIэ, электросетхэм дяпэкIи зедгъэужьынущ», - къыхигъэщхьэхукIауэ щытащ Ливинский Павел. КъыжыIэпхъэщ, 2018-2019 гъэхэм я бжьыхьэ-щIымахуэ лъэхъэнэм кърикIуахэр щызэхалъ­хьэжым, Урысей псом я энергокомпаниехэм я деж «Къэббалъкъэнерго»-м ебгъуанэ увыпIэр къызэрыщихьари. КЪУМАХУЭ Аслъэн.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "455.txt" }
Илъэс пщыкIутху зи кIыхьагъ гъуэгуанэ Къулъкъужын Ищхъэрэ къуажэм щагъэлъэпIащ Къып Мухьэмэд и цIэр зезыхьэ ГъуазджэхэмкIэ сабий школыр къызэрызэIуахрэ илъэс 15 зэрырикъур. ГуфIэгъуэ зэхыхьэм хэтащ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм, Щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм я профсоюзым и рескомым, Бахъсэн район администрацэм я унафэщIхэр, Къэрэшей-Шэрджэс къэрал университетым и лIыкIуэхэр, Къып Мухьэмэд и благъэхэр, и лэжьэгъухэр, и цIэр зезыхьэ школым щеджахэр. Махуэшхуэм и программэм хыхьэу, ГъуазджэхэмкIэ сабий школым и гъэсэнхэм папщIэ, гъунэгъу республикэм и лIыкIуэ я лэжьэгъухэм мастер-классхэр ятащ. Пшыхь гуапэм хэтащ мы еджапIэр къэзыуха пшынауэ цIэрыIуэ Жыгун Эдуард. Зэхыхьэр ирагъэжьащ школым и гъэсэнхэм я зэфIэкIхэмрэ ехъулIэныгъэхэмрэ ятеухуа фильмкIэ. ХьэщIэхэмрэ зэIущIэм хэтхэмрэ я пащхьэм щагъэлъэгъуащ къафэм, макъамэм, уэрэд жыIэным щыхуагъасэ къудамэхэм щIэсхэм я ехъулIэныгъэхэр, декортаивно-прикладной гъуазджэм и лэжьыгъэ нэхъыфIхэм я выставкэ. ГуфIэгъуэ зэхуэсым зыкърезыгъэхьэлIа хьэщIэ­хэм я хъуэхъу гуапэхэм мызэ-мытIэу къыхагъэщащ ГъуазджэхэмкIэ сабий школым и унафэщI КIуж Ритэ и зэфIэкIхэр. «Урысейм и школ нэхъыфI 50» урысейпсо зэпеуэм 2018 гъэм еджапIэр пашэ зэрыщыхъуар аращ зи фIыгъэу къалъытэр. Министр Къумахуэ Мухьэдин «КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр къызэрыхуагъэфэщамкIэ тхылъыр КIуж Ритэ иритыжащ, республикэм и щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ хуищIа хэлъхьэныгъэфIхэр къыхигъэщри. Ар абы ехъуэхъуащ адэкIи и творческэ ехъулIэныгъэхэм хигъэхъуэ­ну. Щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм я профсоюзым и рескомым и унафэщI, УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ Дау Марьянэ и псалъэ гуапэхэм къыхигъэщащ школым и егъэджакIуэхэр я IэщIагъэм зэрыхуэIэзэр, абыхэм я гъэсэнхэми зэфIэкI зэрабгъэдэлъыр. Бахъсэн район администрацэм и Iэтащхьэ Балъкъыз Артур жиIащ Къып Мухьэмэд и цIэр зезыхьэ ГъуазджэмкIэ сабий школыр зэрыIуэхущIапIэ телъыджэр, ныбжьыщIэхэр абы дахагъэм зэрыщыщIапIыкIыр, я зэфIэкIхэр нэхъри къызэкъуахынымкIэ зэрыщыдэIэпыкъур, нэхъыжьхэм я щэнхабзэ щIэинхэр хъумэным икIи гъэбэгъуэным зэрыхуагъэлажьэр. Абы и щыхьэтщ зэпеуэ куэдым ахэр къызэрыщыхэжаныкIар, школыр къэзыухахэм ехъулIэныгъэ куэд къызэрахьар, адэ-анэхэр я щIэблэм я зэфIэкIым зэрыригушхуэр. Балъкъыз Артур Къэрэшей-Шэрджэс къэрал университетым и лIыкIуэхэм щIыхь тхылърэ фIыщIэ тхылърэ яритащ, илъэс зыбжанэ хъуауэ школым зэрыдэлажьэм папщIэ. - Республикэм и къуажэхэм щылажьэ IуэхущIапIэхэм ящыщу Къулъкъужын Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и сабий школым и закъуэщ «Урысейм и школ нэхъыфI 50» зэпеуэм пашэ щыхъуар, - къыхигъэщащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министерствэм и методикэ къудамэм и унафэщI Бэрбэч Беслъэн и псалъэм. Къыхэгъэщыпхъэщ къафэмкIэ, лъэпкъ пшы­нэм­кIэ, шыкIэпшынэмкIэ, уэрэд жыIэнымкIэ унэтIыныгъэ­хэр, художественнэ къудамэ зиIэ зи гугъу тщIы школым нобэ ирихьэлIэу еджакIуи 175-рэ зэрекIуалIэр. ЧЫЛАР Аринэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "456.txt" }
Псыжь и Iуфэр зыгъэбжьыфIа ЛIыс Артур Щалъхуа лъахэм зыщаужьыну Iэмал щамыIэу хамэ щIыпIэхэм я цIэкIэ зыкъэзыгъэлъэгъуа ди лъэпкъэгъу куэдым спортым лъэужь дахэ къыщагъэнащ. Абыхэм ящыщщ Мэзкуу и ЦСКА-м хэту 2003 гъэм къэралым футболымкIэ и чемпион хъуа, Краснодар и «Кубань»-м щыджэгуу Урысей Федерацэм и Кубокым и финалым илъэсиплI и пэкIэ нэса спортым и мастер ЛIыс Артур. Дэ сыт щыгъуи набдзэгубдзаплъэу дахущытщ дэнэ щIыпIи къыщыхэжаныкI ди лъэпкъэгъухэм икIи абыхэм я ехъулIэныгъэхэм газетеджэхэр щIэх-щIэхыурэ щыдгъэгъуазэ зэпытщ. Дауи, тщIэрт Урысей Федерацэм футболымкIэ и премьер-лигэм зэфIэкI лъагэ иIэу ЛIыс Артур 2001 гъэ лъандэрэ зэрыхэтыр. АрщхьэкIэ нэхъ гъунэгъуу къыщытцIыхуар, и щхьэкIэ щызэдгъэлъэгъуар «Спартак-Налшыкыр» къэралым и командэ нэхъыфIхэм 2006 гъэм и пэщIэдзэм яхыхьа иужькIэщ. Пэжщ, абы щыгъуэм ар зыхэта Краснодар и «Кубань»-м а лъэхъэнэм «лифт» цIэр фIащауэ щытащ, илъэситхукIэ зэкIэлъхьэужьу премьер-лигэмрэ япэ дивизионымрэ я зэхуакум зэритам къыхэкIыу. Ар 2006, 2008, 2010 гъэхэм япэ дивизионым щытекIуэурэ къэралым и гуп нэхъыщхьэм хыхьэрт, ауэ къыкIэлъыкIуэ илъэсым абы зыщимыгъэбыдэфу, кIэух увыпIитIым языр иубыдырти, къыхагъэкIыжырт. Дауи, 2006-2012 гъэхэм уей-уей жезыгъэIа ди командэми зэпэбжу щымыт илъэсхэм (премьер-лигэм щыхэтхэм) тIэунейрэ къыщыхуэзэрт. Апхуэдэхэм ящыщ зыр хуабжьу гум къинащ. ИлъэсипщI ипэкIэ, 2009 гъэм бадзэуэгъуэм и 12-м, адыгэ щIалэ ЛIыс Артур зыхэт «Кубань»-р Краснодар къалэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ нэхъыщхьэм щыджэгурт. Дауи, «Спартак-Налшыкым» дызэрыдэщIым къыдэкIуэу, дыпIейтейуэ дыкIэлъыплъырт ди лъэпкъэгъур хамэ гупым къызэрыхэщымрэ абы щиIэ зэфIэкIхэмрэ. ИкIи къэхъун хуейтэкъэ, краснодардэсхэм я футбол тхыдэм хыхьэну Iуэхугъуэ ЛIысым ди деж щилэжьыну?! «Спартак-Налшыкым» а пщыхьэщхьэм абы къыхудихуар Краснодар и «Кубань»-м дежкIэ къызэрыунэхурэ зыхэта зэхьэзэхуэ псоми щыдигъэкIа топ мин ещанэу къыщIэкIащ. Нэхъ зыубгъуауэ ар дигу къэдгъэкIыжынти… Джэгум и 44-нэ дакъикъэм хэгъэрейхэр штрафной еуэну къащыхукъуэкIым, ар дзыхь хуащIащ я гъуащхьэхъумэныкъуэ ЛIыс Артур. «Кубань»-м хэт адыгэ щIалэ закъуэм пщэрылъыр Iэзэу игъэзэщIащ икIи дахэ дыдэу топыр дигъэкIащ. Ди жагъуэ хъуат, ар зыдэкIар «Спартак-Налшыкым» и гъуэрати, ауэ Артур щхьэкIи хуабжьу дыгушхуэрт. Дапхуэдэу щытми, ЛIысым и зи чэзу ехъулIэныгъэм дыщыгуфIыкIат. Ар иджы Краснодар и «Кубань»-м и тхыдэм етIуанэу хыхьат. Нэхъапэу Артур апхуэдэ пщIэ игъуэтащ 2007 гъэм. Абы щыгъуэм «Москва»-м и гъуэм дигъэкIа топыр а илъэсым и топ нэхъ дахэ дыдэу премьер-лигэм къыщалъытащ. Армырауи хъунутэкъым – и гъуэм пэмыжыжьэу къыIэрыхьа топыр иIыгъыу ар и хьэрхуэрэгъухэм я гъуащхьэхъумэ зытхухым яIэщIэкIащ икIи, гъуащхьэтетри къызэринэкIри, бжыгъэр къызэIуихащ. ИужькIэ а топыр къэралым и телеканал куэдым къыщагъэлъэгъуэжащ икIи, сыт и лъэныкъуэкIи адрейхэм ирагъэпща иужькIэ, хуэдэ щымыIэу къалъытащ. А ехъулIэныгъэр Артур тыгъэ хуищIащ а махуэм зи ныбжьыр илъэс ирикъуа и пхъум. «Кубань»-м и топ мини 3-р ЛIыс Артур зэрыдигъэкIар гулъытэншэу къэнакъым. А командэм дэщIхэм къабгъэдэкIыу адыгэ щIалэм кубок дахэрэ 3000 бжыгъэм и унэцIэр дэщIыгъуу зытратха футболкэмрэ абы къратащ. Иджы и чэзу хъуащ ЛIыс Артур нэхъ гъунэгъуу фэдгъэцIыхуну. 1982 гъэм мэкъуауэгъуэм (июным) и 10-м ар Черкесск къалэм къыщалъхуащ. Абы топджэгум зыщигъэсащ икIи щIыпIэ «Нартым» хэту етIуанэ дивизионым щекIуэкI зэхьэзэхуэм щригъэжьащ. Мыгувэу и джэгукIэфIым гу къылъатэри, и ныбжьыр илъэс 19 фIэкIа мыхъуауэ, къэралым и дивизион нэхъыщхьэм а лъэхъэнэм щыджэгу Новороссийск и «Черноморец»-м ирагъэблэгъащ. Абы хэту зэIущIэ 22-рэ иригъэкIуэкIри, зы топ и хьэрхуэрэгъухэм яхудигъэкIащ. АрщхьэкIэ, «Черноморец»-м Артур зэрыхагъэтар а зы илъэсырщ. КъыкIэлъыкIуэ гъэм ар къэралым и командэ нэхъ лъэщ дыдэхэм ящыщ зы Мэзкуу и ЦСКА-м яшащ. Абы зэIущIих фIэкIа щримыгъэкIуэкIами, къыщыхэжаныкIыну хузэфэкIащ икIи а командэм и гъусэу 2003 гъэм Урысей Федерацэм и чемпион хъуащ. ЕхъулIэныгъэхэр иIэ пэтми, ЛIыс Артур и унэм нэхъ пэгъунэгъуу къекIуэлIэжмэ нэхъ къищтащ икIи 2004 гъэм «Кубань»-р къыщыщIэупщIэм хыхьэри, илъэс пщыкIутIкIэ зэкIэлъхьэужьу абы щыджэгуащ, и пщIэр лъагэу иIэтрэ гуимыхуж текIуэныгъэхэр къыхуихьу. Зэхьэзэхуэм топ нэхъ дахэ дыдэ зэрыщыдигъэкIамрэ краснодардэсхэм я топ 3000-р къызэрехъулIамрэ къищынэмыщIауэ, иджыри зы Iуэхугъуэ инкIэ адыгэ щIалэр «Кубань»-м и тхыдэм хыхьащ - ЛIыс Артур нэхъыбэрэ абы и фащэр щыгъыу зыри зэи джэгупIэ губгъуэм къихьакъым! 2013 гъэм мэлыжьыхьым (апрелым) и 28-м Санкт-Петербург и «Зенит»-м дригъэкIуэкIамкIэ псоми ящхьэщыкIащ, зэIущIэ 284-м нигъэсри. ИужькIи а бжыгъэм хигъэхъуащ, зэи зыри къылъэщIэмыхьэжыфын хуэдэу. КъыщызэтеувыIар зэIущIэ 333-м нэсауэщ. Абыхэм мыхьэнэшхуэ зиIэ топ 26-рэ щыдигъэкIащ. ЛIыс Артур джэгупIэ губгъуэми гъащIэми щы­п­сын­щIэт, щыIэзэт, щыIэкIуэлъакIуэт. Псом ящ­хьэращи, зыхэтхэм фIыуэ къалъагъурт, пщIэ къыхуащIырт. Арат гупым и капитану щIыхахауэ щытари. Мылъкур щытепщэ ди лъэхъэнэм ижь къыщIихуащ ЛIыс Артур и гуащIэ куэд зыхилъхьа Краснодар и «Кубань»-ми. 2015 гъэм адыгэ щIалэр абы хэкIыжащ къыхуагъэлъэгъуа зэгурыIуэныгъэм арэзы къимыщIу. Мыгувэу езы командэри зэхуащIыжащ, яхуэмыпшыныжын щIыхуэшхуэ зэтрагъэхьауэ къыщIэкIри. Иджы абы и пIэкIэ Краснодар и «Урожай» командэр къызэрагъэпэщауэ Iуэхур ягъэзэкIуэж икIи ар етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым щыпашэхэм ящыщ зыщ, зэкIэ япэ дивизионыр я плъапIэу. ГупыщIэм ноби и джэлэсыр адыгэ щIалэхэращ. Ди лъахэгъухэу Абазэ Астемыр, Жылэ Ислъам, Къалмыкъ Амур сымэщ абы и ехъулIэныгъэхэм я къежьапIэр. Уеблэмэ Амур зэхьэзэхуэм и гъуащхьауэ нэхъыфI дыдэщ, топ пщыкIуий я хьэрхуэрэгъухэм яхудигъэкIауэ. ЩытыкIэ гугъум ихуа «Кубань»-м и щIыб хуигъэзакъым апхуэдиз абы хуэзыщIа ЛIыс Артур. Нэгъабэ лъандэрэ щоджэгу зэхьэзэхуэхэм я лъабжьэ дыдэхэм къыщагъэщIэрэщIэж зэгуэрым цIэрыIуэу щыта гупым. И фIэщ мэхъу зэгуэрым ар къэрал уты­ку къихьэжыну икIи абы папщIэ лъэкI къигъанэркъым. УнагъуэкIи насыпыфIэщ Артур. Абырэ и щхьэгъусэмрэ зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу бынитI зэдапI икIи ахэр лъэ быдэкIэ гъащIэм зэрыхашэным хущIокъу. Жыласэ Заурбэч.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "457.txt" }
Дунейпсо фестивалым дыдейхэр щытокIуэ Скайранинг Iуащхьэмахуэ лъапэ щекIуэкIащ Race–2019 зэхьэзэхуэр. «Километр задэ» къызэдэжэм хэтащ къэрал 20-м къикIа жыджэру зызыгъэпсэхун зыфIэфI цIыху 350-м щIигъу. «Red Fox Elbrus Race-2019» зэхьэзэхуэр «Километр задэ» къызэдэжэмкIэ къызэIуах хабзэщ. Иджырей зэманым ар дуней псом щынэхъ хьэлъэ дыдэхэм ящыщщ. Мы зэпеуэр адрейхэм къащхьэщокI икIи метр 5000 зи кIыхьагъ гъуэгуанэм метр 1000 и лъагагъыу зыщыпIэтын хуейщ», - жаIащ фестивалым и къызэгъэпэщакIуэхэм. Зэхьэзэхуэм увыпIэфI псори урысейхэм щызыIэрагъэхьащ: пашэ хъуащ Пагнуев Алексей, етIуанэу къэсащ Марков Евгений, Смирнов Виталий ещанэ хъуащ. ЦIыхубзхэм я деж мы фестивалым бжьыпэр щиубыдащ Руденкэ Наталье. «Red Fox Race» фестивалым япэу зэрыхэтым емылъытауэ, ар щефIэкIащ «Elbrus Ski Monsters Expedition Race» экспедицэм къыщызэдэжэм. ЕтIуанэ увыпIэр къихьащ тхуэнейрэ мы лIэужьыгъуэм нэхъапэм пашэ щыхъуа Кравченкэ Еленэ. Жэз медалыр къихьащ Вокуевэ Жаннэ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, псынщIэу Iуащхьэмахуэ дэкIынымкIэ рекордыр 2017 гъэм игъэувауэ щытащ Эквадорым щыщ Эглоф Карл – сыхьэти 3-рэ дакъикъэ 26-рэ. Аращ къызэхъулIар иджырей дунейпсо рекордри: спортсменым хузэфIэкIащ сыхьэти 4-рэ дакъикъэ 20-рэ секунд 45-м къриубыдэу Европэм и бгы нэхъ лъагэ дыдэм дэкIуейуэ къехыжыну. ЖЫЛАСЭ Замир.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "458.txt" }
Гъатхэ щIэращIэ «Жан» литературэ хасэм къызэригъэпэщ адыгэ усэ пшыхьхэм я къыкIэлъыкIуэр, гъатхэм теухуар, иджыблагъэ щыIащ Сэралъпхэ я уардэунэм. Ар иригъэкIуэкIащ Профсоюзхэм щэнхабзэмкIэ и унэм и режиссёр нэхъыщхьэ Гумэ Маринэ. Сыт щыгъуи хуэдэу, пшыхьым къызэхуишэсат лъэпкъ усыгъэр фIыуэ зылъагъу цIыху гупцIанэхэр, ахэр пэшым щIэзу зэрыщIэсым уигъэгуфIэрт. Псоми фIэхъус псалъэ яжриIэу я нэгу зиужьмэ, гукъыдэж ягъуэтмэ зэригуапэр Гумэ Маринэ къыхигъэща иужь, абы япэу утыкур хуит хуищIащ нэхъ цIыкIу дыдэхэм - илъэсих зи ныбжь Мэсей Iэдэмрэ илъэсиплI хъу Блий Дамиррэ. Ахэр къеджащ Джэрыджэ Арсенрэ Мэз Iэниуаррэ я сабий усэ цIыкIухэм. Сабийхэр игъэгушхуащ «Адыгэ унэр» зей IутIыж Мэжид - сабиитIым яхуэупсащ ХьэIупэ ДжэбрэIил и усэ тхылъ телъыджэмкIэ. Ди лъэпкъ усакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэм адэкIэ къеджащ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и артистхэу Къардэн Зауррэ ХьэхъупащIэ ФатIимэрэ, «Бзабзэ» гупым хэт Тхьэлыджокъуэ Сюзаннэ, джэгуакIуэ Нэхущ Тимур сымэ, нэгъуэщIхэри. Пшыхьыр щIэщыгъуэ, нэгузыужь макъамэ дахэхэмкIэ ящIащ пшынауэ Iэзэхэу Иуан БетIалрэ Тхьэлыджокъуэ Сюзаннэрэ. Гумэ Маринэ пшыхь иригъэкIуэкIыу хэт зымылъэгъуар?! Хэт зымыщIэр абы цIыхухэр къызэрыдихьэхыфыр, бадзэ щыдыммэ зэхэпхыу ахэр зэрыхуэIыгъыр?! Апхуэдэ зы пщыхьэщхьэт мыри. Къызэхуэсахэм яжриIащ гъатхэм, абы и щэхухэм, щIалэгъуалэм, дахагъэм ятеухуа хъыбар гъэщIэгъуэнхэр. Псом хуэмыдэу къызэхуэсахэм яфIэхьэлэмэтащ утыку ихьэн ипэ ныбжьыщIэхэм гупсэхуу загъасэу зэрыщытар, пщащэхэм щхьэкIэ шэщэн къафэ зэрыщыIар, шэ пэгунитIыр ирамыкIуту къэфэн хуейуэ. Зэман гъунэгъум апхуэдэ теплъэгъуэ ди пащхьэ кърахьэну зэрамурадми дыщигъэгъуэзащ. Абыхэм я щапхъэу щIалэгъуалэр екIуу къэфащ, жыг къэтIэпIам и къудамэхэм дэнлъэчхэр хащIащ, гурылъ щэхухэр къазэрехъулIэнум и шэсыпIэу. ЖыпIэнурамэ, усэр, пшынэр, къа­фэр щызэщIэжьыуэ пщыхьэщхьэр псоми гунэс ящыхъуат. Ар уджкIэ зэхуащIыжащ, гъэмахуэр дызэхуипIалъэу. Сурэтхэр КЪАРЕЙ Элинэ трихащ. ИСТЭПАН Залинэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "459.txt" }
Лейуэ зы псалъэ хэттэкъым Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ артист, гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Адыгэ Респуб­ликэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ КъардэнгъущI Зырамыку, цIыхубэ IуэрыIуатэр зэхуэ­хьэсы­нымкIэ, адыгэ уэрэ­дыжь­хэр екIуу гъэIунымкIэ зы­хуэдэ щымыIэ лэжьакIуэ жыджэрым, куэд дыдэ щы­зэфIигъэкIащ лъэпкъ щэнхабзэр джынымкIэ, ар хъу­мэнымкIэ IэнатIэм. Ди республикэм и мызакъуэу, Кавказ Ищхъэрэ псор зэрыгуш­хуэу щыта адыгэлI щэджащэу дунейм тетащ ар. ЗЫРАМЫКУ хужамыIа псалъэ къэзгъуэтыну си гугъэу аракъым мы тхыгъэ кIэщIыр стхыну мурад щIэс­щIар. Сызыхуейр сэ, журналистым, КъардэнгъущIым и Iуэху бгъэдыхьэкIэу, и хьэл-щэну, и дуней тетыкIэу гу ­зылъыстамкIэ сывдэгуэ­шэ­нырщ. Сэ сыщылажьэ IэнатIэм хуэдэ пэрыт дэтхэнэми зэ­рищIэщи, тхакIуэ псори жьэнахуэкъым, псэлъэф псори тхэным хуэIэкIуэлъакIуэкъым. А тIури зэгъэбыды­лIауэ зыхэлъ цIыхухэр мащIэ дыдэщ, а закъуэтIа­къуэм ящыщт Къардэн­гъущI Зырамыку. Итхыр зэрыхъум и IэдакъэщIэкIхэр зылъэгъуа псори щыгъуазэщ, - лэжьыгъэ IуэхукIэ хуеблагъэу ар къэзыгъэп­сэ­лъа дэ и жыIэм мыгурыIуэгъуэ гуэр дыщыхуэзауэ сщIэркъым. И тхыгъэу газетым къытехуахэм къыпэкIуа ахъшэ мащIэр хуэтхьыжу дыщыкIуэ щыIэт Зырамыку и деж. Абы къыдэкIуэу езым къыдэ­лэжьахэу, и ныбжьэгъухэу, щэнхабзэм, гъуазджэм и лэжьакIуэу зи махуэр е зи фэеплъыр ягъэлъапIэхэм я гугъу едгъэщIыну делъэIурти, зэи дигъэщIэхъуртэкъым. Къупщхьэуз зып­къ­рыт лIыжьым и щытыкIэмрэ гукъыдэжымрэ елъытауэ тхэми, «диктофоным тре­гъатхэ, хъыджэбз» жиIа иужь, дыкъыщалъхуар махуэ зырызу къызыхуэбжыжыну нэхъыжьым баштекъузэкIэ къалэмыр къебгъэщтэнт?! Сэ сыкъапщ­тэмэ, апхуэдэу жиIэр дик­тофоным зэрытрезгъэтхар нэхъыбэщ. Зытх куэдым нэхърэ нэхъ гугъэзэгъэгъуэт Зырамыку и псалъэр къытептхыкIыжыну: лейуэ зы псалъэ хэттэкъым, зэблэгъэувыкIын хуэ­мейIауэ гъэхуат, зэпсалъэм и лэжьыгъэми, газетым и зэхэлъыкIэ-зэхэгъэувэкIэми фIыуэ зэрыхи­щIы­кIыр IупщIу. И адыгэбзэр-щэ?! Жьы хъуа псалъэхэмрэ яIэ­щIэ­хужыпэным нэсахэмкIэ къулейуэ къызэрытIэпIыкI и бзэр псыIэрышэм хуэдэу шкIуэрашкIуэрти, псалъэ ­гугъусыгъуу къыпщыхъухэм зыкIи хьэлъэ ящIыртэкъым. ЖыпIэнуракъэ, уи анэдэ­лъхубзэм уи щхьэр лъагэу ириплъагъужынумэ, ури­пэ­гэнумэ, Зырамыку и псэ­лъэкIэр урикъунут. И уэрэд жыIэкIэмрэ лэ­жьыгъэу игъэшамрэ ялъы­сын хуей гулъытэм и ­гугъу сщIыххэнкъыми, Зы­рамыку и бзэр къызыгурыIуэн, и псалъэр зыхъумэфын, пщIэ хуэзыщIыфын куэд ди лъэп­къым Тхьэм къыхигъэкI. Сурэтым: КъардэнгъущIхэ я унагъуэр. Зырамыку лъахъшэу щысщ. Псыгуэнсу къуажэ, 1924 гъэ ИСТЭПАН Залинэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "46.txt" }
Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыпIэ дахэхэр къытощ Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм иджыблагъэ къыщыдэкIащ «Кабардино-Балкария на двусторонних художественно- маркированных почтовых карточках» буклет щхъуэкIэплъыкIэр. Лэжьыгъэр зыгъэхьэзырар коллекционер Тхьэкъуахъуэ Iэуесщ. Пощт карточкэхэр лIэужьыгъуищу зэщхьэщокI: зи напэ узыIуплъэр къабзэ, тхыгъэ зэрыхуагъэхьынум хуэщIахэр; сурэтхэмкIэ гъэдэхахэр; зы Iуэху гуэрым хуэщIа къыдэкIыгъуэ щхьэхуэхэр. Мы тхыгъэм зи гугъу щытщIыр сурэтхэмкIэ гъэщIэрэщIахэрщ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыпIэ дахэхэр къыщыгъэлъэгъуахэрщ, щIыуэпс къулейр, фэеплъхэр, цIыхухэр къызэщIаубыдэу. Буклетым традза карточкэхэр зэкIэлъахьащ ахэр къыщыдагъэкIа гъэм елъытауэ. Абыхэм тхыгъэхэр щIыгъужащ зыхуагъэхьым и хэщIапIэр зытет лъэныкъуэмкIэ е сурэтхэр къызытещымкIэ. Апхуэдэу къыщыхьащ карточкэм и уасэр, сурэтыщIым е сурэттехым и унэцIэр. 1961 гъэм щыщIэдзауэ карточки 105-рэ утыку кърахьащ. Буклетым и напэкIуэцIхэр Iуву къыдагъэкIащ, карточкэхэр зэрытрадзауэ щытам хуэфэщэну. Иджырей Iэмэпсымэхэм я фIыгъэкIэ, печатым и плъыфэр япэрейм нэхърэ куэдкIэ нэхъ зэхэщIыкIыгъуэ хъуащ. Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я лэжьыгъэщIэр (художник-дизайнерыр Щоджэн Жаннэщ) Къэбэрдей-Балъкъэрым теухуа къыдэкIыгъуэ щхъуэкIэплъыкIэ къудейкъым, атIэ коллекционерхэм я дежкIэ саугъэтыфIщ. Буклетыр зыIэрызыгъэхьэнухэр фепIэщIэкI, къыдэкIыгъуэм и бжыгъэр зэрымащIэм къыхэкIыу. ТЕКIУЖЬ Заретэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "460.txt" }
Я нэIэ трагъэтщ Къэбэрдей-Балъкъэрым щокIуэкI «Урысейм и сабийхэр - 2019» урысейпсо Iуэхур. Абы хиубыдэу Бахъсэн къалэм щекIуэкIащ профилактикэ рейд. КъБР-м щыIэ МВД-м Наркотикхэр зэрызэрагъэкIуэкIым кIэлъыплъынымкIэ и управленэм, Урысей МВД-м и «Бахъсэн» къудамэм и ПДН-м, КъБР-м щыIэ УФСИН-м я лэжьакIуэхэр, Бахъсэн щIыпIэ администрацэм Балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ и комисэм хэтхэр щыIащ я сабийхэм тэмэму кIэлъымыплъ, наркотикрэ акъылыр зыгъэутхъуэ лIэужьыгъуэ гуэрхэмрэ зэзызхьэлIэ е зыщэу щыта адэ-анэхэм, тутнакъэщым имысу суд тезырыр зыпшын балигъ мыхъуа сабий зыпIхэм я деж. Лэжьыгъэр щрагъэкIуэкIым къапщытащ учётым щыт унагъуи 8, адэ-анэхэмрэ абыхэм я сабийхэмрэ епсэлъащ. Мыпхуэдэ Iуэху щекIуэкIащ Аруан районым и къуажэ зыбжанэми. Дыгулыбгъу Жантинэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "461.txt" }
Кавказ зауэр еух, е 1864 гъэм накъыгъэм и 21-м 1864 гъэм накъыгъэм и 21-м дунейр уфауэ, кIагъэпшагъэу, къепсэпсауэу нэху щащ. ­Къуэбыдэ (Мзымтащхьэ, убых­хэм я лъахэм) щиувыкIа дзэм я гуфIэгъуэт: Кавказ зауэр иухат, абы и саулыкъукIэ Къуэбыдэ нобэ ­парад ще­кIуэкIынут. Махуэр сыхьэт 11 хъуащ. Iуащхьэм къытеуващ Кавказым и тет дзэп­щышхуэр - урыс ­пащтыхьым и къуэш Михаил Нико­лаевич. Абы къыбгъэдэтт ­генералхэр, офицерхэр, Георгий орденыр зратахэр. Тхьэ елъэIуа нэужь, дзэп­щыр Iуащхьэм ­къехри, адэ-мыдэкIэ щиувыкIа полкхэм, батальонхэм, шуу­дзэхэм фIыщIэ яхуи­щIащ «мыхьэнэ ин дыдэ зиIэ Iуэху хьэ­лъэр зэрызэфIагъэкIам папщIэ». Дзэп­щым жиIащ: «ГуфIэгъуэм сызэщIиIэтэу, фи лIыгъэм и пщIэр слъытэу, Кавказ армэм и дзэлI ­хахуэхэм сынывохъуэхъу… Кавказ зауэм кIэ зэригъуэтамкIэ, зауэм къыщывгъэлъэгъуа фи лIыгъэмкIэ, гугъуехьым фыпэлъэщурэ, фэ ­къулыкъу ин дыдэ хуэвлэжьащ Пащтыхьымрэ Адэ лъахэмрэ: къурш быдапIэхэми, бгырыс ­хъы­жьэхэми, уаеми, хуабэвэхми фыкъызэтрагъэувыIэфакъым фэ, псори фшэчащ, псори къызэвнэкIащ, лъы ­вгъажэ зэпытурэ икIи фи мурадым фылъэIэсащ. ФIыщIэ хузощI ди Iуэхур къыдэзыгъэхъулIа ди Тхьэшхуэм! Адэ ­хэкум пщIэрэ щIыхьрэ къыфхуещI фэ, Кавказыр къэзызэуа лIыхъужьхэм! Мы нобэрей ­гуфIэгъуэмрэ мы дакъикъэ телъыджэмрэ ямылъэгъуауэ зауэм хэкIуэда фи ныбжьэ­гъухэм я фэеп­лъыр мыкIуэдыжынщ!» Къуэбыдэ щиувыкIа дзэр щыгъуазэ ящIащ император Александр ЕтIуанэм къигъэхьа хъуэхъуми: «Си гум къыбгъэ­дэкIыу фIыщIэ яхузощI текIуэныгъэ иныр къытхуэзыхьа дзэпщхэм, офицерхэм, зауэлIхэм. Абыхэм зэрахьа лIыгъэм срогушхуэ сэ». Кавказ зауэм «лIыгъэ щызезыхьахэм» я пщIэр текIуэдакъым урыс пащтыхьым. Дзэпщым, Михаил Николаевич, къратащ Георгий орденым и 2-нэ классыр, налкъутналмэскIэ гъэщIэ­рэ­щIа сэшхуэ, «Кавказ зауэр зэриухам и щIыхькIэ» псалъэр тет­хауэ. Пащ­ты­хьыр «и къуэш хахуэм» къе­хъуэхъуащ «Илъэсищэрэ щэ ныкъуэрэ и пэкIэ бгырыс ­Iэлхэм зэхаубла лъыгъажэ зауэм кIэ зэры­ритам щхьэкIэ». Нобэ щыщIэдзауэ, - къехъуэхъуащ пащтыхьыр и къуэшым, - Кавказым ­зы лъэпкъ жыIэмыдаIуэ къи­нэжакъым. Кавказ зауэм хэта псоми пащтыхь уна­фэкIэ къратащ абыхэм хуащIа жорхэмрэ медалхэмрэ - бгырысхэм я лъахэм щагъэжа лъымрэ щызэрахьа «лIыгъэмрэ» я уасэу. Георгий орденым и 2-нэ классыр ­къратащ граф Евдокимовым. Абыи къехъуэ­хъуащ ­пащтыхьыр: «Илъэси­щэрэ щэ ныкъуэкIэ дызыхэта зауэ гуа­щIэм кIэ езытар уэращ, уэ пхузэфIэкIащ щIыналъэ дахэр бгырыс Iэлхэм къа­IэщIэпхын». Дамыгъэ лъапIэхэмрэ фэеплъ бэ­ракъ­хэмрэ иратащ адыгэ лъахэм лъы щы­зыгъэжа полк, батальон, шуудзэ псоми. Эсадзе Семён зэритхамкIэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "462.txt" }
Щэхур нахуэ къохъу 1836 ГЪЭМ жэпуэгъуэ мазэм Лондон щежьэри, Шэрджэсым кIуащ «Вик­сен» кхъухьыр, шыгъу ишэри. Кхъухьыр зейр зиус­хьэн Бёлл Джорджщ. Ар щэкIуэгъуэ мазэм и 25-м урысхэм Суджыкъу къалэ щаубыдащ, шэрджэсхэм шыгъу къахуи­шэну хуимытауэ жаIэри. Бёлл и кхъухьыр ятхьэ­къуащ, абы и капитанымрэ экипажымрэ Севастополь яшащ, зыкъомрэ ща­Iыгъа нэужь, къаутIыпщыжащ. Лорд Пальмерстон сабэ дрипхъей зищIащ Британием и кхъухь Урысейм зэриубыдам щхьэкIэ: «Ар дигу техуэ хъунукъым, Британиер хуитщ дэнэ ­сату щищIынуми, абы и щIыхьыр зэрытхъумэн ­къару диIэщ дэ!» - ар жи­Iэри, парламентым и пащ­хьэм иуващ лорд Паль­мерстон. Британием и щIы­хьым тегузэвыхь лордым зыщигъэгъупщащ Шэр­джэсым лей къызэ­рылъысар: ар зыми IэщIэ­мылъ хэкущ - аращ лорд Пальмерстон игу къэ­мыкIыжар. Урысхэм жаIэр нэ­гъуэщIщ: Шэрджэсыр ди империем щыщщ, дэ хуит дымыщIауэ адыгэ хы Iуфэм зы кхъухьи къе­кIуалIэ хъунукъым. АбыкIэ хъыбар кърагъэщIа лорд Паль­мерстон? Ар ибзы­щIащ хамэ къэрал Iуэху­хэмкIэ министрым. «Вик­сен» кхъухьым и Iуэхум ­къитэджыкIа псалъэмакъыр щIэх щызэпыуа­къым Британием и парламентым, щIэх къахуэумысакъым лорд Пальмерстон. ИкIэм-икIэжым, 1838 гъэм мэкъуауэгъуэ мазэм и 21-м щэхур нахуэ хъуащ. Лорд Пальмерстон 1836 гъэм Урысейм еныкъуэ­къун мурад ищIатэми, ар абы хузэфIэкIынутэкъым: министр къулыкъур къы­зэрыIэрыхьэххэу, 1831 гъэм, ар арэзы хъуауэ ­щытащ Урысейм Кавказыр зыIэщIилъхьэн мурад зэрищIам, ар (лорд Пальмерстон) Урысеймрэ Тыркумрэ Адрианополь щызэращIылIа зэ­гурыIуэныгъэм зэре­­у­вэ­лIарат абы къикIыр. Шэрджэс хы Iуфэр Урысейм хуит щыхуэпщIакIэ, адыгэ­хэм я нэщIыбагъкIэ Урысеймрэ Тыркумрэ Адрианополь щызэращIылIа зэгурыIуэныгъэмкIэ (1827 гъэм) акъылэгъу ухъуауэ аращ - нэгъуэщI къикIыркъым абы. Езы адыгэхэм я пщIыхьэпIи къыхэхуа­къым, дауи, лорд Паль­мерстон апхуэдэ хьэгъэщагъэ къакIэлъызэрихьа­уэ. Британием хамэ ­къэ­­рал Iуэху­хэмкIэ и ми­­нистрым зыщиумысыжар 1838 гъэрщ - парламентым щы­хагъэзыхьа нэужь. 1827 гъэм бадзэуэгъуэ мазэм и 6-м Урысеймрэ Тыркумрэ зэращIылIа зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ, Урысейм къалэн зыщи­щIыжауэ щытащ и къэрал гъунапкъэм зримыгъэ­къуэдиину. А псалъэр ­игъэпэжакъым Урысейм, абы къыхэкIкIэ Британиер акъылэгъу хъун ­хуеякъым Адрианополь зэгуры­Iуэ­ныгъэмкIэ. Тыркур хуитакъым езым IэщIэ­мылъа Шэрджэсыр Урысейм ири­тыну. Урысейри хуитакъым ар Тыркум «къы­Iэ­щIихыну». ­Тырку пащэр Анапэ щыдэса зэманми Шэрджэсыр Портэм Iэ­щIэлъакъым, Урысейм и IэмыщIэ зрилъ­хьэн муради иIакъым, абы и нэ­щIыбагъкIэ щызэрахьэ хьэгъэщагъэр сэтей къэхъуащ, «Виксен» кхъу­хьыр къайгъэ хэхуа нэужь. МАРКС Карл.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "463.txt" }
Симпсон Уильям адыгэхэм сурэт ятрещIыкI Кавказым лъэпкъ зэщымыщхэм къахэкIа цIыху Iущ, зэчиифIэ куэд щыхьэщIащ. Апхуэдэ цIыху гъуэзэджэт, зэчиифIэт Симпсон Уильям - тхакIуэр, сурэтыщI Iэзэр, Инджылыз къэралым и лIыкIуэу 1853 - 1856 гъэхэм КъухьэпIэ Кавказым щыIа, зи тхыгъэ гъэщIэгъуэнхэр, сурэт зэхуэмыдэхэр щIы­пIэм щыпсэу лIакъуэхэм тезыухуар. Симпсон и тхыгъэ, сурэт гъуэзэджэхэмкIэщ а лъэхъэнэм хамэ къэралхэм адыгэхэм я зэуэкIэр, я фащэр, я гупсысэкIэр, я дуней тетыкIэр къызэращIэу щытар. 1855 гъэм и бжьыхьэм Инджылызым и дзэ министр Пелэм-Клинтон Генри Кърымым щызауэ и къэралы­дзэм и Iуэху зытетыр и нэкIэ зригъэлъагъумэ фIэфIу КъухьэпIэ Кавказым къэкIуауэ щытащ. Генри и къэралыдзэм я Iуэху зытетым къыщымынэу, зауэ зращIылIа адыгэ лъэпкъми и псэукIэм, зыгъэгумэщIхэм зыщигъэ­гъуазэмэ и щIасэу ди лъахэм щыхьэщIащ. А лъэхъэнэм Генри и дзыхьщIэгъу блыгущIэту щIыгъуащ Симпсон Уильям. Адыгэхэм я хьэщIэхэм кIэлъызэрахьа хабзэр, унагъуэм щекIуэкI зэхущытыкIэхэр, я Iэнэм къытрагъэува шхыныгъуэ нэгъунэ къритхэкIыжащ тхакIуэ, сурэтыщI инджылыз лIы зэчиифIэм. Симпсон и нэкIэ илъэгъуащ адыгэхэр я Хэкум папщIэ зыщымысхьыжу, къикIуэт ямыIэу езыхэм нэхърэ хуэдищэкIэ къару нэхъыбэ зиIэ бийм зэрыпэщIэтыфхэр. Адыгэхэм я щIыналъэм Урысей Правитель­ствэм кърищIыхьа быдапIэхэм ящыщ зым Симпсон и бысымым къызэригъэпэща теуэм езыри здащтэри и нэкIэ ирагъэлъэгъуащ ­лIыгъэу, бэшэчагъыу, шыIэныгъэу яхэлъыр здынэсыр, пащтыхь генералхэм «хабзи-бзыпхъи зимыIэу, зэуэн фIэкIа нэгъуэщI Iуэхухэм хуэмыгъэпсауэ» къаIуатэ адыгэхэр зыхуэдэр. СурэтыщIым дежкIэ а Iуэхугъуэр лъэужьыншэу блэкIакъым. Даутокъуэ Псэбыдэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "464.txt" }
Лыкъуэжь Нелли и усэбзэ къабзэр Адыгэ усакIуэ, драматург, журналист цIэрыIуэ Лыкъуэжь Нелли и ныбжьыр илъэс бжыгъэ дахэ ирикъуащ. Джылахъстэнейм хыхьэ Ислъэмей къуажэм Лыкъуэжь Нелли 1959 гъэм къыщалъхуащ. Курыт еджапIэр ехъулIэныгъэкIэ къиуха нэужь, ар щеджащ Витебск къалэм (Белоруссие) и индустриальнэ-педагогикэ техникумым. ИужькIэ Налшык къалэм КъБКъУ-р къыщиухащ. Лыкъуэжь Нелли адыгэ литературэм и жанр зэмылIэужьыгъуэхэм хэлъхьэныгъэфIхэр хуещI. Абы и Iэдакъэ къыщIэкIащ усэхэр, Iуэтэжхэр, пьесэхэр, балетхэм папщIэ либреттэхэр. И прозэ тхыгъэхэр щызэхуэхьэса «Щхъыщхъ ­макъ» тхылъыр 1997 гъэм, и усэхэр зэрыт ­«КъапщIийхэр» къыдэкIыгъуэр 2001 гъэм дунейм къытехьащ. Апхуэдэу абы и усэхэр хагъэхьащ усакIуэ зыбжанэм я тхыгъэхэр къызэщIэзыубыдэ «Шыхулъагъуэ» къыдэкIыгъуэм. Сабийхэм папщIэ итхахэр - «Жьымрэ Жьуджалэмрэ», либреттэхэр - «Псэхэм бзийм зыхаухуэнэж» тхылъхэм ихуащ. Иджыблагъэ Нелли игъэхьэзыращ «МыщIэвагъуэ» драмэ-таурыхъу зэхэлъ пьесэр. Лыкъуэжьым и тхыгъэхэм гупсысэ куу, гъэщIэгъуэн ящIэлъщ. «Усэр мэгъу къару зыхэлъ гупсысэщ», - жиIат зэгуэр Нало Заур. Нелли и усэхэр къабзэщ, и бзэр мэгъу къару ящIэлъым хуэдэу узыIэпызышэщ. Аращ ахэр куэдым ягу щIыдыхьэр, щIэщыгъуэ щIащыхъур, и псалъэхэр зыщIэлъ уэрэдхэр щIызэIэпахыр. УсакIуэ Iэзэм и тхыгъэхэр урысыбзэкIи хамэ къэралыбзэхэмкIи зэрадзэкIащ. Нелли и Iэдакъэ къыщIэкIахэр зи лъабжьэ телевиденэ фильмхэр трахащ, спектаклхэр ягъэуващ. Лыкъуэжьым и псалъэхэр зыщIэлъ уэрэдхэр ятеухуащ хэкум, лъагъуныгъэм, щIыуэпсым и дахагъэм, уафэгум ит дыгъэмрэ абы къыпкърыкI хуабагъэмрэ. ТЕКIУЖЬ Заретэ. Лыкъуэжь Нелли и усэхэр Бзэ Уи бзэр бзууэ пIэщIэкIамэ, КIэлъылъати къэпхъуэтэж. Ар уи щIэблэм Iурыпчамэ, КъэтIи мащэ, итIысхьэж. Си бзэ Умыгъ, си тIасэ, умыгъ, си щIасэ, Уи анэр лIакъым, къигъэзэжынщ. Дауэ уишэнт-тIэ сондэджэракIуэ, Хамэм уахуишэм, уфIэкIуэдынт. Узэщымыджэ, си бзэ дахащэ, Зеиншэу, кхъыIэ зумылъытэж. АнэнэпIэсым и гупкIэ дзакIэм Удадзэжами, зысхуэхъумэж… Умыгъ, си тIасэ, усIыгъщ, си щIасэ, Ди анэ-лъэпкъым къигъэзэжынщ. Хъуэж-щIэж сымыщIэу, дзыхь къысхуэщI за­къуи, Си налъэ къэскIэ ущыпсэунщ. Мазэ Уафэ джабэм мазэр исщ Дыщэ плъыжь тебзауэ. И сурэтыр псышхуэм хэсщ Зыхиудыгъуауэ. Мазэм дахэу зелъагъуж Псы-гъуджэм иплъауэ. Псым хэс ныбжьми тхьэ щеIуэж Мазэр езырауэ. Мазэр уэгум хокIуэтэж, Плъырын иухауэ. Вагъуэ быныр зэщIекъуэж ЩIэжьей къащIэхъуауэ. *** Мэбзэрабзэ бзур, мэбзэрабзэ, Макъамэ и псэм къысхуреш, Бзэрабзэ бзур къызэбзэрабзэм, Адыгэбзэ хэжеяр къоуш. Себзэрабзэм бзум, къызобзэрабзэ, ГущIэ лъащIэм ди бзэр и тхьэгъушщ. Къызэбзэрабзэ бзум сегъэбзэрабзэ, Щхьэхуит уэрэдкIэ тIури дыемышщ. *** Си усыгъэ, си усыгъэ, Си усыгъэ нэкъуэлэн, Уэ къысхуэщIыт усэ тыгъэ, Уэ къысхуэхъут щIэгъэстэн. Си усыгъэ, уи мыгугъэ, ГъуэрыгъуапщкIуэ сыбдэджэгу, Зэ къыхэкIи агъэбыгъэм, Ныздытехьэ гъащIэ гъуэгу. Си усыгъэ, си усыгъэ, Си усыгъэ, нэкъуэлэн. Дыгъэ бзийм упысщIэм щыгъэу, Тхьэгъуш щабэ усхуеуэн? *** Къалэ щхьэгуэжьым хэпхъэрауэ, СфIызэбгрожыр си гупсысэр. Псэм къилъыхъуэжыр уэрмырауэ Щхьэм шыпсэ нэпцIхэр къегупсысыр. ГъатхэщIэм Iуэху сыкъищIыпауэ Дыгъэпс къудамэ къысхеухуанэ. ГъащIэм джэгункIэ зимыгъэнщIарэ, Гухэлъ аргуэру къысщIегъанэ. Дуней насыпыр къылъысауэ Гур къилъэтыну къызодауэ, Абы къыхуэтыр уэрмырамэ, КъошэрэшыкIри псэ макъамэ. *** Бжьамийр зыгъаджэр япэ иту Псыхэгъэ ещIыр си лъэпкъ мащIэм. Хы ФIыцIэм къыIунауэ Iутым ЗэхащIэ и блэкIар псы-мащэм. Гупсысэ ин абы къыдитыр ЛIэщIыгъуэ бжанэм зэIэпах. Псэ «зэгъэжауэ» уэгум итым, Зэм-зэм къысщохъур ар зэхах. Псэхэгъэр ноби Iутщи нэпкъым, Жьым щыщигъэтым, щIэм къыщIедзэ. Зэхэзедзэн ящIа си лъэпкъым И гущэ нэщIхэр псым зэредзэ… *** КъысщыбощIыр си дунейр щIэщыгъуэ, Къысхыболъхьэ къару, согъэгугъэ. АпхуэдизкIэ хъунт атIэ ущыуэ: Сэ къысщыхъут щымыIэу лъагъуныгъэ. Къыслъысыну хэт ищIэнт а фIыгъуэр, Мы зэм сыкъебгъэлтэмэ… нэ фыгъуэм. АпхуэдизкIэ хъунт атIэ удахэ, ЗэщIэлындэ пщIыфу псэм и лъахэр. Псоми тщIэлъщи зы дуней гъэкIуэгъуэ, Къыдет Тхьэшхуэм щхьэж и гурыфIыгъуэ. Мазэу уемыIэж, си дэрэжэгъуэ, Дыгъэу укъуэмыхьэж, си лъагъуныгъэ. *** Зэманым зэманыр щIокIуатэ, Зэманым гъащIэр щоятэ, ГъащIэр щIы закъуэ Iэужькъым. Псырэ хьэуакIэ зиужьми, Уэгурщ здэщыIэр псэ жылэ… Бзийуэ абы къежэбзэхыр Псэуэ зы куэщI къокIыкIыжри, Уэгум аргуэру йохьэж. Бзийуэ ди щIыгум къосыжри, Псэуэ и дыщ егъэзэж. Зэманым зэманыр щIокIуатэ, Зэманым гъащIэр щоятэ… Дыгъэр къысщохъур псэ матэ!.. *** Нэ гъэгуфIэу щIымахуэкIэр Уагъэ-щыгъэу зэролъэлъ, Къишыну гъатхэм дыгъэ Къауц-уэс зыхегъэлъэлъ. *** Шы лъэ макъыр сыту дахэ, Ар макъамэу зэхызох, - Тхыдэ пшагъуэм хыхьэжауэ Сэ шы гуартэ сфIаху. Шы лъэ макъыр сыту дахэ, Ар иджыри зэхызох, - Мы дунейр кIэрахъуэр пэжмэ, Сишхэр къэкIуэжын къысщохъу. Шы лъэ макъыр сыту дахэ, Уафэм ар щызэхызох, - ШыщIэ цIыкIу къысхуагъэнащи, ГъащIэр плъыру сохь. *** ГъащIэ мину зэIуща ЩIы хъурей, си дуней, Дауэ сыкъыпхэгъуэща, КъэсIуэтэну сыт ухуей? ГъащIэ мащIэу къызэптам Уэ ухуей, сэ сыхуей? ФIыщIэ жыгыу псэ хэпсам КъыпыкIэну сыт ухуей? ГъащIэр IэфIу жызымыIа Къэмыхъуа, щымыIа, Уэ уи дыджым емыIуба Къыумыгъэна, къыумыгъэщIа. КъыдохьэлIэ псоми уэ Хущхъуэ, щхъухь, Зи кIэр зи пэм дэухуэна, Усыт Таурыхъ?.. *** Ей, дунеижьурэ дыгъужь нэщIа… Агънокъуэ Лашэ Ей, дунеижьурэ дыгъужь нэщIа, И нэфI зыщыхуэр зэзышэлIэж, И ней зылъысыр зэщIэзыкъуэж, Адыгэ нэпскIэ зызэщIумышхэ, Адыгэ бынкIэ ухэмыщхьэж, Зэш-зэлъэпкъэгъухэр зэрумыгъэшх, Зишх къытхэмылъыр къыдумыушт, Акъыл зэхэдзэ нобэ ямыщIу, НэрыуфIыцIу удын зэзыдзхэр КъэзгъэувыIэну я кум дызодзэ Си псэ гумащIэу лъахэм хуэсхъумэр…
{ "source": "apkbr.ru", "id": "465.txt" }
Мэрем пшыхь ЦIыхушхуэхэм я гупсысэхэр Дахагъэр уахътыншэкъым Хэкум и Iугъуэри гурыхьщ. Уэ жыпIэ псалъэм хуэдэщ жэуапу зэхэпхынури. ХамэщI ущыгъуэщэн нэхърэ нэхъ Iей щыIэкъым. Бзылъхугъэр зыгъэдахэр зэрыщэхурщ. ЖыпIэн хуеи жыпIэ мыхъуни щыIэщ. Дахагъэр уахътыншэкъым. ЗэфIэбгъэкIа Iуэхур гугъэпсэхущ. Сытми и зэман иIэжщ: упсэлъэнуми зэман хэха иIэщ, зыбгъэпсэхунуми и сыхьэт бжыгъэ иIэжщ. Мы псалъэ Iущхэр зейр пасэрей алыдж усакIуэ цIэрыIуэ, «Одиссея», «Илиада» поэмэхэм я автор Гомерщ. Ар щыпсэуа лъэхъэнэр ямыгъэбелджылыфу нобэр къыздэсым щIэныгъэлIхэр иризодауэ. Нэхъ пасэм къэхутакIуэхэр пIалъэ зыбжанэм къытеувыIауэ щытащ: ди эрэм и пэкIэ XII лIэщIыгъуэм къыщыщIэдзауэ VII лIэщIыгъуэм нэс. Гомер и творчествэм и пэщIэдзэр зытехуэр ди эрэм и пэкIэ 907 гъэрауэ хуагъэфащэ. Ауэ, дауэ щымытми, ди эрэм и пэкIэ VII лIэщIыгъуэм античнэ усакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэм Гомер и псэлъафэхэр къыщагъэлъагъуэ, абы и тхыгъэхэм щыщ Iыхьэхэр къыщагъэсэбэп. Нэхъ пасэм щыIа биографхэм къалъытэрт Гомер Азие ЦIыкIум щыIэ Ионий псы Iуфэм къыщалъхуауэ. Абы щыхьэт тохъуэ усакIуэм и поэмэхэр ионий диалекткIэ зэрытхар. Алыдж эпиграммэхэм ятепщIыхьмэ, усакIуэм и хэкуу къалъытэну хуейуэ къалибл зодауэ: Смирнэ, Хиос, Колофон, Пилос, Аргос, Итакэ, Афиннхэр. Гомерыр алыджыцIэкъым. Азие ЦIыкIум и бзэкIэ абы «нэф» къикIыу аращ, пасэрей алыджыбзэкIэ зэпхъуэкIмэ «гъэр» жиIэу аращ. Абы и гъащIэм тетхыхьахэм къызэрагъэлъэ­гъуамкIэ, Гомер нэф хъуа нэужьщ поэмэхэр тхыным яужь щихьар. Гомер Алыджым и щIыпIэ куэдым къыщыщIидзащ, усакIуэхэм я зэпеуэхэм зэпымычу хэтащ. Хъыбархэм къызэрыхэщыжымкIэ, ар и IэдакъэщIэкIхэмкIэ алыдж усакIуэ нэхъ цIэрыIуэ дыдэхэм ящыщ Гесиод пеуащ. ЩIэныгъэлI нэхъыбэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, «Одиссея», «Илиадэ» поэмэхэр усакIуэм щитхар Иониерщ (Азие ЦIыкIу), ди эрэм и пэкIэ VIII лIэщIыгъуэрщ. Поэмэхэм лъабжьэ яхуэхъуар Троян зауэм теухуа IуэрыIуатэрщ. Нэхъ пасэм Гомер итхауэ къалъытэу щытар «Одиссея», «Илиадэ» поэмэхэм я закъуэкъым, атIэ нэгъуэщI усыгъэ зыбжани и Iэдакъэ къыщIэкIауэ хуагъэфащэ. Ди деж къызэрысамкIэ, Гомер Иос хытIыгум щылIащ. НэщIэпыджэ Замирэ. Жьынду Iущым и таурыхъхэр Жыг ку гъуанэ Дыгъэр къухьэри, гъэмахуэ пщыхьэщхьэр къихьащ. Жыгым идз ныбжьхэр нэхъ кIыхь хъуауэ, мэзыр щIыIэтыIагъэм зэщIещтэ. Нанэ лъэтэкIэ сигъасэрт. Сэ сыжьынду пIырыпIыжь цIыкIути дыхьэшхэну фIэкIа сылъэтэфыртэкъым. Ауэ нанэ сытригъэгушхуэрт, си дамэхэри сшэщIыхукIэ къысщытхъурт. ЛъэтэкIэм зезгъэсэныр си дежкIэ гуфIэгъуэт. Ди унагъуэр щыпсэу жыгым и зы къудамэм дыгъуасэ сытелъэтыкIри, адрей къудамэм нэс сылъэтэфащ. Нобэ нанэ къызжиIащ гъунэгъуу щыт жыг щхьэ баринэм нэс сылъэтэну. А жыгыр апхуэдизкIэ баринэщи, гъунэгъуу щыт адрей жыгхэм къудамэхэмкIэ ялъэIэсырт. Сэ сыкъэгузэващ: схузэфIэмыкIмэ-щэ? Ауэ нанэ егъэджакIуэ Iэзэ дыдэщ. Си дамэхэр зыбжанэрэ тезгъауэри, гъунэгъу жыгым и къудамэм нэс сылъэтащ. Сыту фIыIуэ-тIэ! Абдежым жыг лъэдийм иIэ ку гъуанэшхуэм гу лъыстащ - щхьэгъубжэм ещхьт ар. Сиплъэну сигу къэкIауэ зыщысшийм, нанэ и гуапэ мыхъуауэ зыщIэдэIукIащ… Дакъикъэ зыбжанэ дэкIа иужь, абы жиIащ: - КъызэдаIуэт, цIыкIуэ! Мы инышхуэр жыгейщ. Зэгуэрым ар жыгыщIэ цIыкIуу щытащ, жьыбгъэм игъэкIэзыз тхьэмпэ зыбгъупщIфIэкIа пымыту. Езыри жьыбгъэ ин къепщэмэ, адэ-мыдэкIэ иригъащIэрт. Ауэ жыгейр жыгейщ. Зэман дэкIыу ар инышхуэ, лъэщ щыхъум, пагагъэр къытекIуащ. Зы псэущхьэми абы и деж шхыни псэупIи къыщилъыхъуэртэкъым. Зы бзу закъуи ицIыхуртэкъым. Арати, жыг пхъафэр зышх хьэпIацIэхэр къеуэсащ. Япэ щIыкIэ жыгейм абыхэм гу ялъитакъым. Ауэ хьэпIацIэхэр куэдыкIей хъури, жыгей пхъафэр щэщэным нэсащ. Абдежым жыгейм къыгурыIуэжащ и щыуагъэр - ауэ и узым и закъуэ пэлъэщынутэкъым. Нэщхъей къэхъуащ… И къудамэ баринэхэри къелъэхъшэхащ… Гъунэгъу жыгым жыгыуIур щыпсэурт. Ар жыгхэр гъэхъужынымкIэ Iэзэ дыдэт. КъыгурыIуащ абы жыгейр и дуней тетыкIэу щытам зэрыриукIытэжыр, бзу цIыкIухэм я жагъуэ зэрищIу щытамкIэ зэрыхущIегъуэжыр. Арати, жыгыуIур абы еIэзэу щIидзащ. Гугъут ар зыIуува IэнатIэр. ХьэпIацIэхэм и закъуэ япэлъэщыртэкъым. ЖыгыуIум къыдэIэпыкъуну адрей и ныбжьэгъу бзухэри къэлъэтащ. КIыгуугури къраджащ. ЗэгурыIуэу зэдэлажьэри, бзухэм жыгейр ягъэкъэбзащ. Абы къудамэщIэхэр къыдэжыжащ. И щхьэ баринэри лъагэу иIэтыжри, бзухэр къригъэблэгъащ и деж щигъэпсэуну. Иджы еплъ абы и ку гъуанэхэм щыпсэу бзухэм я куэдагъыр. Си щхьэр къэсIэтри, жыгыщхьэм сыдэплъеящ. Пэжщ… Абгъуэ инхэри цIыкIухэри зыр зым кIэщIэсу къудамэхэм фIэзт. Фэтэр куэду зэхэт чэщанэм ещхьт а жыгыр. - Нанэ, хэт мобы исыр? - си дамэр сшиящ ку гъуанэмкIэ. - Щэхуу… Абы кIэпхъ щопсэу. Иджыпсту абы шыр цIыкIу зэраншухэр иIэщ. Ар махуэ псом абыхэм якIэлъоплъ. ТIэкIу щхьэукъуахэщ иджыпсту. Зрегъэпсэху кIэпхъ анэми. А ку гъуанэр жыгыуIум и чэнджэщкIэ псэупIэ а зэрыбыным ящIащ. Щэху цIыкIуу иплъэт… Сиплъэмэ… сыту телъыджэ! Ку гъуанэр фэтэр дыдэм хуэдэщ. Къабзэ дыдэу зэлъыIухащ, шхын гъэтIылъыгъэхэр плIанэпэм щызэтелъщ. - УэI, плъэгъуа! - зысхуэшыIакъым сэ, згъэщIэгъуащ. А напIэзыпIэм нанэ къыскIэщIэуэри жыгей щIагъым сыкъыщIэхутащ. Сышынэнуи сыхунэсакъым, нанэ къызбгъэдэтт. Ар къызэшхыдащ: кIэпхъ шырхэр къэзгъэуш пэтащ. Сэ ар зыкIи си жагъуэ сщIакъым. ИтIанэ нанэ сригъусэмэ, сэ сышынэххэркъым: унэм тэмэму дынэсыжынущ. Зэрыхъуари аращ… Гъурыжь Людмилэ. ГъэщIэгъуэнщ Эдисон Томас Бзылъхугъэм и къуэ цIыкIум и Iэпэр иIыгъыу гъыуэ дохутырым деж къыщIэкIыжащ. Абы дохутырым къыжриIам и гур хигъэщIат. - Апхуэдэ хъыбар бжесIэну къысхуегъэзэгъыркъым, ауэ уи къуэм и акъылым зиужьыркъым, - жиIащ дохутырым щIалэ цIыкIур зэпиплъыхьу упщIэ зыбжанэ ирита нэужь. ИкIи школым ямыгъакIуэмэ нэхъыфIу къажриIащ. Бзылъхугъэр унэм къэкIуэжа нэужь, унагъуэм щIэс балигъхэр зэчэнджэщри, зи ныбжьыр нэса щIалэр япэ классым кIуэхэм храгъэтхэну мурад ящIащ, адэкIэ къэхъум теухуауэ унафэ ящIыну зэгурыIуэри. Куэдрэ пэплъэн хуей хъуакъым. Зы мазэ зэрыдэкIыу щIалэ цIыкIум и егъэджакIуэр унэм къэкIуэри, адэ-анэм къажриIащ: - Мы сабийр апхуэдизкIэ акъылыншэщи, школым ныщIэвгъакIуэм мыхьэнэ иIэкъым! А щIалэ цIыкIум зэреджэр Эдисон Томас Альват. Къэхутэныгъэм и щэхур Эйнштейн зыгуэр къеупщIат: «Дуней псом зэхъуэкIыныгъэщIэхэр къыщызыгъэхъу къэхутэныгъэхэр дауэ цIыхухэм къайхъулIэрэ»? - Абы зыри хэлъкъым, - итащ жэуап Эйнштейн. - Псоми ящIэ апхуэдэ къэхъункIэ Iэмал зэримыIэр. Ауэ зэрымыщIэкIэ, зи гупсысэр жыжьэ нэмыс зыгуэр къыкъокI зыми имыщIэм щыгъуазэу. Мис аращ а къэхутэныгъэщIэм пэлъэщри. Спортсменхэр жьы хъуркъым Марвин Мари спортсменкэ цIэрыIуэщ. Франджым щIыхь зиIэ и спортсменкэм и ехъулIэныгъэхэмрэ дамыгъэ лъапIэхэмрэ хуэдиз зиIэ а къэралым зыри искъым. ЦIыхухэм илъэсыщIэм щхьэкIэ зэрехъуэхъур «Экип» газетым къытрыригъэдзэн щхьэкIэ Мари лъакъуэрыгъажэм тесу километр 30 икIуащ. А гъуэгум зы сыхьэтрэ дакъикъэ 20-рэ текIуэдащ. Редакцэм щылажьэхэр къеупщIащ Мари: - Щхьэ автомобилкIэ укъэмыкIуарэ? - Автомобилыр жьы хъуахэр зэрызекIуэ транспортщ, сэ иджыри абы сынэсакъым, - итащ жэуап илъэс 82-рэ хъу спортсменкэм. Лордым нэхърэ нэхъ Iей? Вокзалым икIри, Лондон дэт хьэщIэщхэм ящыщ зым екIуэлIащ Твен Марк. Абы щIэтIысхьэхэр зратхэ тхылъыр къратати, иужьрейуэ щыIам и Iэрытхым къеджащ «Лорд Л., камердинерыр щIыгъуу». Твен зыкIи зимыгъэнэхъIейуэ иретхэ: «Твен Марк, шумэданыр иIыгъыу». Дохъушокъуэ Синэ. Ар пэжщ Монти и хъуэпсапIэр Монти зи цIэ щIалэ цIыкIурщ мы хъыбарыр зытеухуар. Абы и ныбжьыр илъэс 16-м иту, курыт еджапIэм сочиненэ щитхауэ щытащ. ЕгъэджакIуэм унэ лэжьыгъэу къаритат, балигъ хъумэ, зэрыпсэуну щIыкIэм, я хъуэпсапIэхэм тетхыхьыну. Монти куэдрэ егупсысащ абы, икIи зэритхыну щIыкIэр иубзыхуу щIидзащ. Ранчо иIэну хуейт щIалэ цIыкIур. ТхылъымпIэ напипщI къритхэкIащ абы, акро 400 зыубыд щIы IэнэщIым былым, шы зэрыщигъэхъунур, хадэхэкI, гъавэ зэрытрисэнур, мэкъуэмэш IэнатIэм зэрыщызригъэубгъунур убзыхуауэ. Уеблэмэ фут зэбгъузэнатIэ 4000 хъу унэм и проектыр зыхуэдэнум тетхыхьат. ЕтIуанэ махуэм щIалэ цIыкIум и сочиненэр егъэджакIуэм хуихьащ. Махуищ дэкIауэ Монти и сочиненэр къратыжащ, шэкъэ плъыжькIэ «2» итрэ, «дерс нэужьым къанэ» кIэщIэтхауэ. Дерсхэр иуха нэужь, щIалэ цIыкIур егъэджакIуэм зыхуигъэзащ и сочиненэм щхьэкIэ «2» щIыхуигъэувам и щхьэусыгъуэр къыжриIэну. - ЩIыпхуэзгъэувар апхуэдэ хъуэпсапIэ инхэр уиIэн зэрыхуэмейрщ. Апхуэдэ ранчо пщIын щхьэкIэ ахъшэ куэдыщэ ухуейщ. Уэ уи унагъуэм бгъэдэлъ апхуэдэ мылъку? Унагъуэ къулейсызщ уэ укъызыхэкIар. Зэи пхузэфIэкIынукъым, апхуэдэ ранчо бухуэну. Уи хъуэпсапIэр нахуапIэ зэи хъунукъым. Унэм кIуэжи, нэхъ къохъулIэнкIэ хъуну ­хъуэпсапIэ гуэр тхыи, оценкэ тэмэм пхуэзгъэувынщ, - жиIащ егъэджакIуэм. ЩIалэ цIыкIур унэм кIуэжри и адэм ечэнджэщащ. Мыращ жэуапу адэм къритар: «Си щIалэ, сэ зыкIи сэбэп сыпхуэхъуфынукъым. ХъуэпсапIэр зейр уэращ, ар зыIэрыбгъэхьэным иужь итын хуейри уэращ. Уи сочиненэм епщIэнум уэ егупсыси, зэрынэхъыфIым хуэдэу щIы». Монти тхьэмахуэкIэ егупсысащ ищIэнум. ИтIанэ итха сочиненэр къищтэри егъэджакIуэм деж щIыхьащ: «Уи «2»-р уэ къызыхуэгъэнэж, сэ си хъуэпсапIэр къысхуренэж». Зэман дэкIащ, Монти школыр къиухащ, балигъ хъуащ. Мы хъыбарыр жиIэжри, къедаIуэу щыс ныбжьыщIэ гупым я дежкIэ зыкъигъэзащ: «А хъыбарыр щIывжесIэжар фщIэрэ? Фэ гупыр иджыпсту фыщIэсщ фут мини 4 хъу си унэм, ар и кум итщ акро 400 зыубыд си ранчом. Мес мо жьэгум и щхьэм, рамкэм илъу фIэлъщ си сочиненэр». - Нэхъ гъэщIэгъуэну си гъащIэм къыщыхъуар фщIэрэ? - пищащ адэкIэ Монти. - Илъэсищ и пэ зи гугъу сщIа егъэджакIуэм и еджакIуэ 30 си ранчом къишэри, ехъулIэныгъэ зиIэ цIыхум и гъащIэм щигъэгъуэзащ, заригъэгъэпсэхуащ, ухуеймэ зумыгъэхъулIэфын зэрыщымыIэр яжриIащ. Ахэр щежьэжым си егъэджакIуэр къызбгъэдыхьэри къызжиIащ: «Монти, илъэс бжыгъэ и пэкIэ, уэ уи егъэджакIуэу щыта сэ уи хъуэпсапIэм и дыгъуакIуэ сыхъуащ, хуабжьу жагъуэ сщохъу ар. Ауэ апхуэдэ хъуэпсапIэ иныр зэрызэбгъэхъулIэфар иджы си гуапэщ». Фи хъуэпсапIэр зыми евмыгъэдыгъу. Хэт сыт къывжиIэми, фи гум жиIэращ фщIэнур. Китайр къыхэфх Урысейм и цIыхухэр нэхъыбэрэ зыгъэпсэхуакIуэ здэкIуэ къэралищыр дэнэ жаIамэ - Тыркур, Таиландыр, Испаниер къэзгъэлъэгъуэнут. Ауэ ар пэжкъым. Ди лъахэгъу нэхъыбэм зыщагъэпсэхур Финляндие, Китай, Тырку къэралхэрщ. Китайм туристхэр зэрызришэлIэфымкIэ дуней псом ещанэ увыпIэр щеубыд. Ар къызыхэкIыр абы щыIахэм нэгъуэщI планетэ лъэтауэ къазэрыщыхъурщ. А къэралым щекIуэкI гъащIэри, я хьэуари, я шхыныгъуэхэри нэгъуэщIщ. Уеблэмэ китай хьэпшыпхэри дагъуэншэщ, нэхъыфIхэр хамэ щIыпIэ ямышэу езыхэм къызы­хуагъэнэжри. Китайм ущыкIуа япэ махуэм пшхын, уи ныбэ из зыщIын щумыгъуэтын хуэдэу къыпщохъу. ШхапIэм ущIыхьа нэужь, абджым къыхэщIыкIа стIол хъурей кIэрахъуэм телъхэм ущеплъкIэ, укъоуIэбжь: ананас гъэжьа, бдзэжьей тефтель, гинкго жыгым къыпыкIэу джэшым ещхь гуэр, ­хъарбызыр помидорым бгъурылъу (китайхэм помидорыр пхъэщхьэмыщхьэу къалъытэ), кIэртIоф къызэрыгуэкIри къып­хуэцIыхужынукъым, карамелым хакухьурэ ягъажьэри варенэ тракIэж, къэлэр зыдэлъ псыхьэлывэ, медузэ, лотос хуэдэхэм я гугъу сщIыххэркъым. Псом нэхърэ нэхъыщхьэр: китай пащтыхьхэр зэрагъэхьэщIэ Iэнэм хуэдэ къэбузэдрэ упэрытIысхьэмэ, зы цIыхум хуэзэу юани 100 (сом 500) къудей щIэптыну аращ. Китайм къипшынкIэ хъуну тыгъэ нэхъ лъапIэ дыдэр, дауи, шейщ. Ауэ япэ къэс шейр зыми фIэщIэщыгъуэнукъым. Сэ мурад сщIат си ныбжьэгъум Лю Ань Гуань Пянь шей къыхуздэсхьыну. Апхуэдэ фIэкIа ефэртэкъым жьы хъуа нэужьи дахэу, узыншэу псэуа китай пащтыхь гуащэ Цыси. Ар къэсщэхуным фIыуэ зыхуэзгъэхьэзырат, ныбжьэгъу схуэхъуахэм шейм и цIэр китай иероглифхэмкIэ езгъэтхри, шей щащэ тыкуэнхэр къызэхэскIухьу щIэздзащ. Китайм шей къыщыпщэхуныр гупсэхугъуэщ, абы урагъэплъ, урагъэпэм къудейкъым, атIэ занщIэу, хабзэ псоми тету шей къыпхуащIри, урагъафэ. Ауэ а къэралым кофе къыщыбгъуэтыныр тыншкъым, уеблэмэ хьэщIэщ нэхъ ехьэжьа дыдэхэми щыIэкъым. Кофеншэу мыпсэуф урысей туристым къыхуэнэжыр зыщ - кофе здишэнырщ. АтIэ, зи гугъу сщIа шейр куэдрэ къэслъыхъуащ Пекин щегъэжьауэ Цендао (тенджыз Гъуэжьым и Iуфэм Iут къалэщ) нэс. Дэнэ сыIухьэми жэуапу зэхэсхырт «Мейо!» («ЗэкIэ диIэкъым»). Пащтыхь гуащэм и шейр къыщызгъуэтащ Пекин дэт Лянмацяо сату центрым. ГурыIуэгъуэт ар дэнэ дежи щIыщамыщэр - шейудз грамми 100-м сом 5 000 и уасэт. Си ныбжьэгъухэм къызжаIащ пащтыхьхэри пащтыхь гуащэхэри зэфэу щыта шей зэ­мылIэужьыгъуэ куэд, ашыкышхуэ из хъур, сом 300 хуэдизкIэ къызэрыпщэхуфынур. Китайм уи закъуэ укIуэу зыщуплъыхьын папщIэ визэ ухуейщ. Визэншэуи укIуэ мэхъу, абы щыгъуэм гупым уахэтыну аращ. Апхуэдэу нэхъыфIщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, гъуэгугъэлъагъуэ сыт щыгъуи пщIыгъунущ, цIыхуитхуу узэгъусэнущ, махуэ 15-кIэ зуплъыхьынущ. Китайм и хьэщIэщхэр къабзэщ, Iэхуитлъэхуитщ, европей мардэхэм йозагъэ. Пэшым сыт щыгъуи щIэтщ электрошейныч, шей зэрыбгъэвэн, узэрефэн хьэкъущыкъу. Сыт щымыIэр жыпIэмэ, Wi-Fi щыбгъуэтынукъым, Интернетым уихьэн хуей хъумэ, и лъабжьэм укъехыу кIапсэкIэ уи компьютерым пыпщIэн хуейуэ аращ. Китайм ущыIэху фейсбукыр зыщыбгъэгъупщэ хъунущ, ар а къэралым щагъэлажьэркъым. КъищынэмыщIауэ, иджыри зы щхьэхуэныгъэ щыIэщ: узыщIэс пэшым и бжыгъэр «8»-кIэ къыщIидзэ щхьэкIэ, ар еянэ къатым щыIэкъым. Къатыр къэзыгъэлъагъуэр етIуанэ бжыгъэращ. 8-р китайхэм бжыгъэ насыпыфIэу къызэралъытэм щхьэкIэ пагъэувэу аращ. Дудей Еленэ. ЗэзыдзэкIар Шыпш Даянэщ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "466.txt" }
Узыхуимытыр дауэ птын? «Сэлэтым и щIыхь» романым щыщ пычыгъуэ Хьэжы Бэрзэдж, шу ­гъу­сэхэр щIы­гъуу, шэджа­гъуэ нэужьым нэсащ генерал Раевскэм деж. Шым епсыхри, пщым сэлам итащ, ауэ етIысэхакъым: зигъэгувэн мурад зэримыIэр абыкIэ гуригъэ­Iуащ генералым. Бгы­рысхэм я дзэпщ цIэры­Iуэр къыщыбгъэдыхьэм, генералым зыкъиIэтащ. КIэщIт генералым и псалъэр - дзэпщыр къыщI­ригъэблэгъар. Тэрмэшыр зы­бгъэ­дишэри, Раевскэм жиIащ: - ГурыгъаIуэ Хьэжы Бэ­р­зэдж: уи цIыхухэри уи лъахэри Урысейм къритащ тыр­ку пащтыхьым. Уэ ар фIыуэ уощIэ, атIэ сыт Iэщэр щIумыгъэтIы­лъыр? Дзэпшым и жэуапыр тэрмэшым зэридзэкIащ: - Хьэжым жиIэращ: урыс пащтыхьыр къулей дыдэу жывоIэ, генерал. Ар пэж­мэ, фи пащтыхьыр щхьэ къытлъихьа? Уи дзэм ди жылагъуэхэр щIызэхифы­щIэр сыт? Хьэжым жеIэ: нэпсей хъунщ фи пащты­хьыр, дэ­рыншэу щы­мып­сэуфкIэ… Раевскэм и нэщхъыр зэхилъхьащ, Хьэжы Бэрзэдж къемыплъу, тэрмэшым жриIащ: - ЖеIэ абы: ди пащтыхьми тырку пащтыхьми ящIэ бгырысхэм я сэбэп зы­хэ­лъри зыхэмылъри. Де­лэм дэIуэн ямыдэмэ, къарукIэ хагъэзыхь. Бгы­рысхэр ди пащтыхьым къезауэ­мэ, сулъ­тIанми и унафэр якъу­тэу аращ. Фи унафэр ищIакIэщ сулътIаным: фэ абы урыс пащтыхьым ­фыкъритащ. А псалъэр зыуи къыщыхъуакъым Хьэжы Бэрзэдж, генералым еплъа фIэкIа. - Тырку сулътIаным дэ урыс пащтыхьым дритынкIэ Iэмал иIэкъым: абы и IэмыщIэ дилъакъым игъащIэм, и унафи къытхэлъкъым, - жиIащ Хьэжы Бэрзэдж. - Узыхуимытыр дауэ птын? Уэ ухахуэщ, инэрал, узэрыхахуэм щхьэ­кIэ узот мо жыгыщхьэм ис бзу цIыкIур - плъэкI­мэ, къэубыд! Раевскэр жыгым дэп­лъеящ. Абы и щхьэр къыщиIэтым, жыгыщхьэм иса бзу цIыкIур, и дамэр ишэщIри, лъэтэжащ… Генералым и нэгур нэ­хъ­ри зэхэуащ. - Уэ уцIыху губзыгъэщ, Хьэжы Бэрзэдж, ауэ ущыгъупщэхщ, - жиIащ абы ­макъыхъукIэ. - Уи къуиплI зауэм хэкIуэдащ - ар зыщумыгъэ­гъупщэ. Егуп­сыс - зы къуэщ къыпхуэнэжар. Шэчи къытумыхьэ: тыгъэ къысхуэп­щIа бзур къэ­зубыдын и пэ, уи къуэ за­къуэр пфIэкIуэ-дынщ… * * * Мы пычыгъуэр къызы­хэтхар урыс тхакIуэ цIэ­рыIуэ Голубов Сергей и «Сэлэтым и щIыхь» романырщ. Пы­чыгъуэ мащIэмкIи гурыIуэгъуэ зэ­рыхъущи, романыр зытеухуар адыгэ куэдым я щхьэр зыхалъхьа Урыс-Кавказ зауэрщ. А зауэм и тхыдэ псор игъэбэтэн мурад иIакъым тхакIуэм - ар зы тхыгъэкIэ зэрып­хузэ­фIэмыкIы­нур гурыIуэ­гъуэщ. Абы и му­радар ­нэ­гъуэщIщ: я щхьэ­хуи­ты­ны­гъэм щIэ­зэууэ, бэ­нэ­ны­гъэ гуащIэм илъэсищэкIэ хэта бгырысхэр ­зыхадза мафIэмрэ залымыгъэмрэ я пэжыпIэр, зымащIэкIэ ­нэхъ мыхъуми, хэIущIыIу щIынырщ. Дигу къэдгъэ­кIы­жынщ Голубовым и рома­ныр дунейм къы­щы­техьа зэманыр - 1940 гъэрщ ар япэу къыщыдэкIар. Урыс-Кавказ зауэм и пэ­жыпIэр щабзыщI зэмант ар, абы и хъыбар пэжыр ­зыгъэIум и щхьэр щыхрагъалъхьэри мащIэтэкъым. ЯбзыщIын хуейуэ унафэ зытращIы­хьа темэм зэ­рыз­рипщытар хуагъэгъуа­къым тхакIуэм: лъэ­ныкъуэ ирагъэзри, и цIэ ­къудей ираIуэжакъым щIэх.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "467.txt" }
Сэлэт, партизан, милиционер хахуэ ТекIуэныгъэ ИнкIэ иуха Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм хахуагъэрэ лIыгъэрэ хэлъу нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэхэм ерыщу япэщIэтахэм ящыщщ Карагодин Николай Василий и къуэр. Ар 1922 гъэм мэкъуауэгъуэм и 22-м къыщалъхуащ Саратов областым и Родничковскэ районым щыIэ Терновкэ къуажэм. 1937 гъэм Карагодинхэ я унагъуэр къэIэп­хъуащ Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и Тэрч ­районым ­щыIэ Акъбащ Ипщэ къуажэм, щып­сэуну а щIыпIэр къыхахри. Николай къуажэ школым ­ебгъуанэ классыр къыщиухри, Граждан ави­ацэмкIэ Тихорецк еджапIэм щIэтIысхьащ. Хэку зауэшхуэм щIидзэри Карагодиныр Дзэ Плъыжьым ираджащ икIи Армавир авиацэ школым щеджэну ягъэкIуащ. АрщхьэкIэ, фашистхэр Кавказ Ищхъэрэм къызэрытегуплIам къыхэкIыу, ар къиухыну хунэсакъым. Къыдеджа куэдми хуэдэу, Карагодин къыщыхутащ 18-нэ артиллерие бригадэм танкым пэщIэт и 4-нэ дивизэм. Украинэ щIыналъэм щыIэу абы къулыкъу щищIэ гупыр къаухъуреихьат. МэжэщIалIэу, уIэгъэ хъуауэ мэзым зэманышхуэкIэ къыщызыущыхьа сэлэт зыбжанэр яхуэзащ Черниговскэ областым щылажьэ партизанхэм. Мис апхуэдэу яхыхьа хъуащ партизанхэм, икIи и къудамэм я унафэщIу, сыт щыгъуи щапхъэу зэуащ. Ар мызэ-мытIэу хэтащ бийм и гарнизонхэм яте­уахэм, гъущI гъуэгухэр, лъэмыжхэр къэзыгъэуахэм. А зэманым абы зэрихьа лIыгъэм папщIэ къыхуагъэфэщащ «Хэку зуэшхуэм и партизан» медалым и 2-нэ нагъыщэр. 1943 гъэм, партизан гупыр здэщыIэ щIыпIэр хуит къащIыжа иужькIэ, Карагодиныр зэуащ Дзэ Плъыжьым хэту. 1944 гъэм накъыгъэм и 12-13-хэм къатегуплIа бийхэр щэнейрэ къызэтригъэувыIащ, нэмыцэ сэлэт 30 иукIащ. А гъэм накъыгъэм и 18-м лIыгъэ зыхэлъ сэлэтым къыхуагъэфэщащ «И ха­хуагъэм папщIэ» медалыр, 1944 гъэм мэкъуауэ­гъуэм и 22-м - Вагъуэ Плъыжь орденыр. Карагодин Николай и гъащIэм емыблэжу текIуэныгъэм хуэпабгъэу нэмыцэ фашистхэм япэщIэтт. 1944 гъэм и накъыгъэм, къыкIэлъыкIуэу бадзэуэгъуэм уIэгъэ хъуами, ахэр кIыжынуи хунэмысу взводым игъэзэжу щытащ унфэм щIэт зауэлIхэм я гъусэу бийм ебгъэрыкIуэн папщIэ. Ар аргуэру уIэгъэ хъуащ 1944 гъэм шыщхьэуIум и 10-м. Карагодинырщ япэу и взводыр метри 180-рэ лъагагъым дришейуэ бийм пэщIэувар. Абы и пIэм нэгъуэщI ирагъэувэху гупым унафэ яхуищIащ, къапэщыт дзэ къалэныр нэсу ягъэзэщIащ. 132-нэ фочауэ дивизэм и унафэкIэ 1944 гъэм шыщхьэуIум и 15-м сержант Карагодиным къратащ ЩIыхьым и орденым и 3-нэ нагъыщэр. Хэку зауэшхуэр иухыху ар щыIащ зэуапIэ куэдым. Прагэ къалэм и ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэ Николай и сэлэтхэр щIыгъуу япэу бийм и щIытIхэм ихьащ. А зауэм езым щикъутащ фашист пулемётыр. ЗауэлI къэмыланджэжым и дамыгъэхэм къахэхъуащ, абыхэм ящыщщ ЩIыхьым и орденым и 2-нэ нагъыщэр. Сержант нэхъыжь Карагодин Николай Дзэ Плъыжьым къыхагъэкIыжащ 1946 гъэм. Япэ зэманым ар монтёр-контролёру щылэжьащ Акъбащ Ипщэ гидроэлектростанцым. 1950 гъэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ IэнатIэм уващ. Жэуаплыныгъэ хэлъу ар Къэбэрдей АССР-м Къэрал шынагъуэншагъэмкIэ и министерствэм и Милицэ управленэм и Тэрч район къудамэм гъуэгум зэрыщызекIуэм кIэлъыплъынымкIэ и къудамэм и инспектору щытащ. Илъэс зыбжанэ фIэкI а IэнатIэм пэрымытауэ, къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органым къыхэкIыжын ­хуей хъуащ, лэжьакIуэхэр зэрагъэмащIэм къыхэкIыу. ИужькIэ ар щылэжьащ IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм, и гуащIэ хилъхьащ лъахэу къилъытэ, щыпсэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и зыужьыныгъэм. Хэку зауэшхуэм жыджэру хэта, орден, медаль куэд зыхуагъэфэща, Кавказым щыщIэдзауэ Берлин нэс зауэ гъуэгуанэ гугъухэм ирикIуа Карагодин Николай щIэх-щIэхыурэ яхуэзэрт Тэрч милицэм и лэжьакIуэхэм, районым и школхэм щеджэхэм. Абы лэжьыгъэшхуэ иригъэкIуэкIащ къэкIуэнур зей щIалэгъуалэр хэкупсэу гъэсэным теухуауэ. КъБР-м щыIэ МВД-м и ветеранхэу Шипилов Валерэрэ Щоджэм Залымрэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "468.txt" }
ЛIищ я пщIэ къылъос КъардэнгъущI Зырамыку хуэдэ лIы Iущым, лэжьакIуэ емызэшыжым, щIэ­ныгъэлI щыпкъэм псалъэ гуапэ ху­жыпIэну къилэжьыртэкъэ?! ИкIи ­хужаIащ, щэнхабзэм, гъуазджэм я лэ­жьакIуэхэми, тхакIуэ-усакIуэ гъуэ­зэ­джэхэми, щIэныгъэлI цIэрыIуэхэми, къызэрыгуэкI цIыхуу абы и гуащIэм ­дихьэххэми. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, куэд мэхъу ахэр, къэбгъэсэбэп мыхъуну ­щIагъуэ яхэмыту. Ауэ, газет напэ­кIуэцI­хэри кIэншэ-щIэншэкъым, аращ кIэщIу, IупщIу, илъэс зэхуэмыдэхэм къыхужаIа, къыхуагъэхьа хъуэхъу тхылъу щыIэхэм зыбжанэ къыхэтхыну мурад щIэтщIар. Фи пащхьэ идолъхьэ ахэр. КIыщокъуэ Алим: - Адыгэ щэнхабзэм уэ хуэпщIар зыщымыгъупщэн Тхьэм дищI. Уэ пхуэдэлI ди лъахэм исыху, ди насып текIуэнщ, лъапэзэвыпIи дихуэнкъым. КIэрашэ Тембот, Лъостэн Исуф, МэшбащIэ Исхьэкъ (Адыгэ хэку, 1978 гъэ): - Дэ фIыщIэшхуэ пхудощI уэ литературэм щызепхьа, щызепхьэ лIыгъэм щхьэкIэ. Иджыри куэдрэ, куэд дыдэрэ иреIу уи макъ лъэщыр! Уэ уи цIэкIи уи унагъуэм я цIэкIи бжьэ доIэт, щыIэм я нэхъыфIымкIэ дыпхуохъуахъуэ. Мыд Хьэжмусэ: - Пьесэ куэд итхакъым КъардэнгъущIым. Ауэ и къалэмыпэм къыщIэкIар мащIэми я пщIэр, я щIыхьыр инщ. «Къанщобийрэ Гуащэгъагърэ» фIэкIа нэгъуэщI имытхами, абы и цIэр фIыкIэ ди лъэпкъ драматургием, ди ­театр щэнхабзэм я тхыдэм къыхэнэнт. Жанэ Къырымызэ (Адыгэ хэку, 1978 гъэ): - ЛIым и лейуэ, адыгэм я напэр зыгъэдахэу дэ, лъэпкъым, къэтлъытэу, Андемыркъан илъ зыщIэту ди Зырамыку, гъэ мин бжыгъэхэр бгъэщIэну дыпхуо­хъуахъуэ! Шупашэ Джэудэт (Иордание): - Гуимы­хущ уэ уи Iуэху лъагэхэу, лъапIэхэу, гуа­пэхэу адыгэм яхуэпщIэр, яхуэпщIар. Зы цIыхум и дежкIэ куэдыIуэщ уэ уи къарум къитIасэр. Дэ абы фIыуэ дыщыгъуазэщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, махуэ къэс нэкIэ ­долъагъу дэ ахэр, тхьэкIумэкIэ зэхыдох. Щоджэн Ехья (Израиль, 1990 гъэ): - Си ныбжьэгъу лъапIэ КъардэнгъущI Зырамыку, адыгэ фIэхъус гуапэ узох! «Граммофония» жиIэу тету ди ады­гэжь­хэм я уэрэдыр зэрыту къысхуебгъэхьар къыс­Iэрыхьащ, Тхьэм уигъэпсэу… Тхьэм гуфIэгъуэ къуит, уи мурадхэр Тхьэм къуигъэ­хъулIэ. Къущхьэ Догъэн (Тырку): - Зырамыку, уэ жыпIэ уэрэдыжьхэм дэ сыт щыгъуи ди гумрэ ди псэмрэ дыхьэу додаIэ. Сэ со­лъа­Iуэ апхуэдэ лэжьыгъэ езыхьэкI щIэ­ны­гъэлI­хэм адыгэ жылэхэр зэи хуэмыны­къуэну. Нало Заур: - ЛIым сыт и пщIэр? - щыжаIэм, - «ЛIым хузэфIэкI и пщIэщ», - къаж­риIат Къэзанокъуэ Жэбагъы. Къэ­бэрдейм зи псалъэ шэч къытрамыхьэжу щытар аракъэ? Жэбагъы жиIам теп­щIыхьмэ, КъардэнгъущIым лIищ я пщIэ къылъос: ди литературэм зылI и увыпIэ щеубыд, илэжьам мыхьэнэуэ иIэр къэплъытэмэ; уэрэд гъэIунымкIи цIэ­рыIуэ куэдым яхузэфIэмыгъэкIа зэфIигъэкIащ; щIэныгъэ IэнатIэу зыпэрытми лIы зэхъуэпсэн щилэжьащ. Зырамыку махуэ къэс уэрамым ущыхуэзэу сэлам епх щыхъукIэ, уэ пхуэдэ къызэрыгуэкIыу къыпщохъу, укIэлъып­лъыжрэ уегупсысыжыпэмэ, щэджащэхэм зэращыщыр уолъагъу. Бемырзэ Мухьэдин (Къэрэшей-Шэрджэс Республикэ): - Уэ уи макъ щабэ зэпIэзэрытым хузэхалъхьауэ фIэкIа пщIэнукъым, Зырамыку, дэтхэнэ адыгэ уэрэдыжьри. Уэ жыпIэу щIэдэIуа дэтхэнэри игъащIэкIэ яхьэху абыхэм. Къэрмокъуэ Мухьэмэд: - ГъащIэ бо­рэнми щхьэ закъуэ гуауэми Зырамыку япигъэувыфащ жэщи махуи, щхьэхи псэхуи имыIэу адыгэ хэкум, и адыгэ лъэпкъым, и адыгэ культурэм хуэлэ­жьэ­ныр. Арауэ къызолъытэ и лъэр быдэ, и ­къарур мыужьых зыщIри. Даур Аслъэн: - Щыпсалъэ къудейкIи Зырамыку и макъамэ музыкэ хуэмэбжьымэхэр хэлъщ… Адыгэ уэрэдыжьхэм я хъыбархэр къыщыжиIэкIэ, абы и макъым хэлъ художественностагъым узыIэпешэ, жиIэм елъытауэ и макъым хэлъ обертонхэр зэрехъуэкI, зэм зэпеш, зэми нэхъ еIэт, итIанэ кърешэхыжри, псалъэхэр нэхъ щIэгъэхуэбжьауэ къызыкIэлъеутIыпщ… ЖыпIэнуракъэ, моуэ уи нэр уфIыцIи, къыпщыхъунущ адыгэ жьэгужьым упэ­рыс­рэ пасэрей лIыхъужьхэм я хъыбар уезыгъэдаIуэ джэгуакIуэм убгъэдэсу… Зырамыку мыхьэнэшхуэ ирет уэрэдым хэт псалъэхэм, зытеухуар къызэрыбгуригъэIуэным хущIокъу, и макъыр щихъуэжкIи псалъэхэр «зэрыдэмыкIуэдыкIыным» пылъщ. Псом хуэмыдэжу Зырамыку нэхъ жиIэр гъыбзэхэрщ. Куэдым яхужыIэркъым ди гъыбзэжьхэр, зрапщытми, пэлъэщыркъым. Зырамыку къищIащ икIи зыхищIащ гъыбзэм и дахэри и купщIэри. Абы гъыбзэжь щыжиIэкIэ, къыпщохъу ар зытеу­хуам и гуауэр езым и гуауэу, уэрэдкIэ къытхуиIуэтэж къудей мыхъуу, гурэ псэкIэ иригумэщIу. Езым и гъыбзэ жыIэкIи иIэжщ Зырамыку: моуэ Iэдэбу, иримы­гу­за­вэу икIи уимыгъэгузавэу, гукIэ, псэкIэ жеIэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "47.txt" }
Европэм и чемпион Батыр ФатIимэ СтIолыщхьэ теннис СтIолыщхьэ теннисымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым япэу зыгъэсэн щыщIэзыдзахэм ящыщщ зыбжанэрэ Совет Союзымрэ Европэмрэ я чемпион хъуа Батыр ФатIимэ. Налшык дэт курыт еджапIэ №5-м 1966 гъэм къыщызэIуахащ стIолыщхьэ теннисымкIэ секцэ. Абы и хъыбарыр зэхэзыха илъэс 12 фIэкIа мыхъу Батыр ФатIимэ зыхуигъэзащ а зэманым япэ теннисист гупыр зыгъэсэну зэхуэзышэс Урысейм щIыхь зиIэ и тренер Малиевский Арнольд. Батырым и гъусэу а зэманым зыгъэсэн щIадзащ иужькIэ спортсмен цIэрыIуэ хъуахэу Саркисьянц Аллэ, Нало Даут, Ченцов Виктор, Дзыгъуанэ Жаннэ, Ахметчинэ Иринэ, Къудей Сергей, Конаковэ Еленэ, Герасимовэ Татьянэ, Моржеринэ Ольгэ сымэ. Спорт лIэужьыгъуэщIэм зыхуэзыгъэсэну иужь ихьа ныбжьыщIэхэр махуэм щэнейрэ зэхуэсхэрт. «Секцэм къекIуалIэхэм уахэплъэмэ, ФатIимэ и джэгукIэмрэ ерыщагъымрэ гу лъумытэу къанэртэкъым. Махуэ псом и кIыхьагъкIэ зыгъэпсэхугъуэ имыIэу абы зыхуигъасэрт апхуэдизу зытхьэкъуа стIолыщхьэ теннисым», - жеIэж абы и тренеру щыта Малиевский Арнольд. Зыгъэсэныгъэ псэемыблэжхэр илъэситIкIэ екIуэкIа нэужь, Батырым ехъулIэныгъэхэр зыIэригъэхьэу щIидзащ. Абы и джэгукIэ къызэрымыкIуэм гу къылъатащ икIи къэралым и гуп нэхъыщхьэм ирагъэблэгъащ. Гугъэшхуэхэр уэзыгъэщI ФатIимэ и Iэзагъым хигъахъуэ зэпытурэ иджыри илъэс зыбжанэ дэкIащ. СтIолыщхьэ теннисыр ди республикэм къыщыунэху къудейуэ зэрыщытым къыхэкIыу увыIэгъуэ имыIэу зыгъэсэныгъэхэр егъэкIуэкIын хуейт. Краснодар, Ставрополь крайхэм, Ростов областым а спорт лIэужьыгъуэмкIэ ехъулIэныгъэфIхэр къы­щызыгъэлъагъуэ я командэхэм ялъэщIыхьэжу ефIэкIынырт Малиевскэм и мурадыр. ИкIи Батырым и фIыгъэкIэ ар абы зригъэхъулIащ. 1978 гъэм Вильнюс щекIуэкIа СССР-м и профсоюз командэхэм я чемпионатым Батыр ФатIимэ зи пашэ ди командэм текIуэныгъэр къыщихьащ. А зэманым ирихьэлIэу Налшык и Сабий стадионым дэтт СССР-м зыщIыпIи щыщымыIэу япэу стIолыщхьэ теннисым хухаха секцэр. Батыр ФатIимэ абы щыгъуэм Совет Союзым зыбжанэрэ и чемпионт, Европэ зэхьэзэхуэхэм тIэунейрэ пашэ щыхъуат. «Iэмал сиIауэ щытамэ, теннис секцэм Батыр ФатIимэ и цIэр фIэсщынт, - жеIэ Малиевскэм. – Абы и ехъулIэныгъэ къэкIуэнухэм я фIыгъэкIэщ ар щIаухуауэ щытар. ФатIимэ гугъэфIхэр зэрызигъэщIыр къыхэзгъэщурэщ стIолыщхьэ теннисымкIэ пэшыр ухуэным республикэм и унафэщIхэр арэзы зэрытезгъэхъуар, абы и цIэр жысIэурэщ лэжьакIуэхэр, техникэр, ехьэлIапхъэхэр, школым и лэжьакIуэхэр къызэрызэщIэзгъэуIуар, центрым и мылъку Iуэхухэр зэрызэтезгъэувар». Малиевскэмрэ Батыр ФатIимэрэ я фIыгъэкIэ яухуа Олимп резервым и школым къыщIэкIащ Тыркум щекIуэкIа Европэм и зэхьэзэхуэ зэIухам и абсолютнэ чемпион хъуа Герасимовэ Татьянэ, Баку щыIа СССР-м и чемпионатым щытекIуа Конаковэ Еленэ, Европэм и чемпионхэу Къущхьэхэ Мулидрэ Мухьэмэдрэ. ЗэфIэкI лъагэхэр къигъэлъагъуэу школым зыщызыгъэсахэм яхэтащ МВД-м и полковник, Урысейм и ЛIыхъужь КIарэ Анатолий. СССР-м и командэ къыхэхам и тренер Старожилец Аркадий куэдрэ игу къигъэкIыжырт Бельгием хыхьэ Остенд къалэм 1972 гъэм щекIуэкIа Европэм и чемпионатым и финалым Батырыр зэрыщыхэтауэ щытар: «АпхуэдизкIэ джэгукIэ жыджэр ФатIимэ къигъэлъагъуэрти, къебгъэгъэзэну Iэмал зимыIэу къыпфIэщI топхэр къызэтригъэувыIэм и мызакъуэу, къыкIэлъыкIуэу контратакэ лъэщхэри къызэригъэпэщырт. Ди хъыджэбзым и текIуэныгъэр зыIэригъэхьа нэужь, сэ къызбгъэдыхьащ Чехием я теннист цIэрыIуэ Воштовэ и тренерыр икIи къызэупщIащ тхьэIухудыр здэщыщымкIэ. Ар Налшык къызэрикIар къыщищIэм, а щIыпIэр зыхуэзэр къыгурызгъэIуащ икIи абы жиIауэ щытащ: «Батырым и джэгукIэм ди спортсменхэр щыхуэкIуэнур илъэс куэд дэкIмэщ». Батыр ФатIимэ зэрыхэкупсэмрэ республикэм, тренерым, унагъуэм хуиIэ лъагъуныгъэмрэ псоми гухэхъуэ ящыхъурт. Къыщыхъуа щыIэщ Батырыр нэгъуэщI къалэм ирагъэблагъэу, тренерыфIхэр, фэтэрыр къратыну къыщыхуагъэлъэгъуа. Ауэ ар абыхэм дихьэхакъым. Куэдым Iэмал къахуихуэркъым я цIэфIыр тхыдэм къыханэну. Совет Союзымрэ Урысей Федерацэмрэ я спортым къыщыхэщащ, Къэбэрдей-Балъкъэрым хуэфэщэн увыпIэ лъагэ щиубыдащ Батыр ФатIимэ. Илъэс зыбжанэкIэ стIолыщхьэ теннисымкIэ республикэ СДЮСШ-м и унафэщIым и къуэдзэу лэжьащ иджыпсту сабийхэр егъасэ. Абы и гъэсэнхэм яхэтщ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Урысеймрэ я чемпион зыбжанэ. Совет Союзымрэ Европэмрэ я чемпион Батыр ФатIимэ зэхьэзэхуэм хэтщ. И тренер Малиевский Арнольд егъэIущ. Европэм и чемпион щыхъуам. Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсмен цIэрыIуэхэм я гъусэу ягъэлъапIэ. Батыр ФатIимэ и нобэрей гъэсэнхэр. ЖЫЛАСЭ Замир.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "470.txt" }
Командэ нэхъыщхьэм ираджэ ММА Крылатскэм дэт «Динамо» спорт уардэунэм накъыгъэм и 2-м щекIуэкIащ Урысейм и чемпионат. Къэбэрдей-Балъкъэрым ММА-мкIэ и федерацэм и президент АфэщIагъуэ Мартин хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, ди республикэм щыщ спортсменкэ Толгуровэ Зулейхэ абы ехъулIэныгъэ иIэу зыкъыщигъэлъэгъуащ. Зи хьэлъагъыр килограмм 61,2-м нэс Толгуровэр финал ныкъуэ зэпэщIэтыныгъэм къыщыхигъэщIащ Терещенкэ Дарье икIи ещанэ увыпIэм къыщыувыIащ. Абы щхьэкIэ къэмынэу, зэхьэзэхуэм къыщигъэлъэгъуа зэфIэкI лъагэхэм япкъ иткIэ, Зулейхэ ирагъэблэгъащ Урысейм ММА-мкIэ и командэ къыхэхам икIи мы лъэхъэнэм ди къэралым и щIыхьыр щихъумэнущ дунейпсо зэхыхьэхэм. КЪЭХЪУН Бэч.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "471.txt" }
Дунейм щыхъыбархэр ЩIыналъэм зиужьыным лъэмыжыр сэбэп хуохъу «Кърым лъэмыжыр къызэрызэIуахрэ илъэс ирикъуащ. А зэманым къриубыдэу абы ирикIуащ автомобиль мелуанитху. Ар хуэдищкIэ нэхъыбэщ Керчь деж иIэ брамымкIэ 2017 гъэм зэпрыкIам нэхърэ. Илъэс псом, щызэхуащI къэмыхъуу, лэжьащ лъэмыжыр, Керчь псыдэжыпIэм борэнхэр щыятэрэ тенджызыр къыщыукъубея мызэ-мытIэу щыIами», - къет «Кърым лъэмыж» хъыбарегъащIэ центрым. Севастополь къалэм и губернатор Овсянников Дмитрий зэрыжиIамкIэ, лъэмыжыр къызэрызэIуа­хам Iэмал къитащ мыхьэнэшхуэ зиIэ проект куэд щIыналъэм щагъэзэщIэнымкIэ. Псалъэм папщIэ, зыгъэпсэхуакIуэхэм я бжыгъэм хэпщIыкIыу хэ­хъуащ. Кърымым курортхэмрэ туризмэмкIэ и министр Волченкэ Вадим къыхигъэщащ я деж зыщызыгъэпсэхуну кIуэхэм я бжыгъэр а зы илъэсым ­къриубыдэу хуэдищкIэ нэхъыбэ зэрыхъуар, Керчь и тхыдэм епха щIыпIэхэм цIыхухэм дихьэхыу зэрызыщаплъыхьыр. Лъэмыжыр 2018 гъэм накъыгъэм и 15-м къызэIуахауэ щытащ УФ-м и Президент Путин Владимири кърихьэлIэу. Ар Урысейм щынэхъ кIыхь дыдэщ - километр 19 мэхъу. Лъэмыжым мафIэгухэри икIыу хуежьэнущ мы илъэсым и дыгъэгъазэм. Абы и гъущI гъуэгум мы зэманым ирихьэлIэу рельс километр 25-рэ тралъхьакIэщ, 38-м щыщу. Гъуэгу щытетри лэжьэгъуэ зэманым хухабжэну къыхелъхьэ УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Милонов Виталий жэрдэм гъэщIэгъуэн, цIыхухэр я IэнатIэм нэсыным трагъэкIуадэ зэманри лэжьэгъуэ махуэм хухабжэным теухуауэ, къыхилъхьащ. «Нобэ цIыхум и IэнатIэм сэбэпынагъыу къыщихьыр лъэныкъуэ куэдкIэ къапщытэ икIи ахэр елъытакъым цIыхур сыхьэт дапщэкIэ компьютерым бгъэдэсами. ЗыкIи зэпхакъым цIыхум и улахуэр, абы и лэжьыгъэм и фIагъыр, ар лэжьапIэм щыщIэкIыж зэманыр. Iуэхур тедвгъэщIыхь ипэжыпIэкIэ щыIэ щытыкIэм – сыхьэтийм щыщу зыр хухэдвгъэх цIыхур лэжьапIэм кIуэуэ гъуэгу щытет зэманым», - къыхилъхьащ политикым. Депутатым зэрыжиIамкIэ, апхуэдэу абы зыхуигъэзащ къэралым лэжьыгъэмкIэ и министр Топилин Максим. «И лэжьыгъэм и фIагъыр цIыхур лэжьапIэм зэрыщIэса сыхьэт бжыгъэм елъытакъым, - жеIэ политикым. - ЦIыхухэр, нэхъапэм колхозхэтхэм трудоденхэр къызэрыхуалъытэу щытам хуэдэу, я гъэру щытын хуейкъым лэжьапIэм зэрыщIэс сыхьэт бжыгъэр, махуэ бжыгъэр къызэрабж щIыкIэм». Дауи, а жэрдэмым арэзы техъуэн куэд бгъуэтынукъым. Милоновым къызэрыхилъхьам тету лэжьэгъуэ зэманыр къабжу, езы къалащхьэ дыдэм щылажьэхэм гъуэгум трагъэкIуадэ зэманыр я IэнатIэм пэрытауэ къыхуалъытэу хуежьэмэ къэхъунур сыт? ДызэрыщыгъуазэмкIэ, сыхьэтитIкIи нэхъыбэжкIи гъуэгу тетхэри яхэтщ абыхэм. АтIэ лэжьапIэм нэсу, сыхьэтитI-щыкIэ лажьэу, аргуэру гъуэгу теувэжу, а псори лэжьэгъуэ зэманым хухабжэ хъуну ара? Дауи, ар зэи къэмыхъун Iуэхущ. Зы къэрали щыIэкъым цIыхур лэжьапIэ щыкIуэ зэманым пэкIуэ ахъшэ щрату. Сэбэп мыхъуну, гъащIэм хыумыпщэфыну а жэрдэмыр Милоновым къыщIыхилъхьар цIыхухэр тригъэун щхьэкIэу пIэрэ, жыпIэу уогупсыс, а псор щызэпэплъыткIэ. Нобэ ♦Электросвязымрэ хъыбарегъащIэ зэгухьэныгъэмрэ я дунейпсо махуэщ. 1865 гъэм къызэрагъэпэщащ Электросвязым и дунейпсо зэгухьэныгъэр. ♦Гу узыфэхэм ебэныным и дунейпсо махуэщ ♦Норвегие пащтыхьыгъуэм и лъэпкъ махуэшхуэщ - я Конституцэм и махуэщ ♦Аргентинэм и Дзэ-тенджыз флотым и махуэщ ♦Германием щыпсэухэм ягъэлъапIэ адэм и махуэр ♦1656 гъэм Урысейм Швецием зауэ ирищIылIащ. ♦1727 гъэм Урысейм и пащтыхь тахътэр къылъысащ илъэс 11 фIэкIа мыхъуа Пётр ЕтIуанэм, Пётр Езанэм и къуэрылъхум. ♦1801 гъэм Санкт-Петербург къыщызэIуахащ дзэзешэ цIэрыIуэ Суворов Александр и фэеплъ. ♦1861 гъэм дунейм щыяпэу ягъэлъэгъуащ щхъуэкIэплъыкIэу траха сурэтыр. ♦1866 гъэм Урыс техникэ зэгухьэныгъэр къызэрагъэпэщащ. ♦1911 гъэм Маяковский Владимир и усэхэр щызэхуэхьэса «Я!» тхылъыр къыдэкIащ. ♦1916 гъэм Инджылызыр дунейм щыяпэу гъэмахуэ зэманым техьауэ щытащ. ♦1928 гъэм Нидерландхэм я къалащхьэ Амстердам къыщызэIуахащ IХ Гъэмахуэ Олимп Джэгухэр. Ахэр екIуэкIащ накъыгъэм и 17 - шыщхьэуIум и 12-хэм къриубыдэу. ♦1988 гъэм Москва и Кремлым, Спасскэ куэбжэхэм япэмыжыжьэу, ухуэныгъэ лэжьыгъэхэр щыщрагъэкIуэкIыу гъэтIылъыгъэшхуэ къагъуэтащ. Абдежым щIэлът 12 - 13-нэ лIэщIыгъуэхэм зэрахьэу щыта хьэпшыпхэр, Iэмэпсымэхэр. ♦1940 гъэм фашистыдзэхэм Бельгием и къалащхьэ Брюссель яубыдащ. ♦1944 гъэм Кърым АССР-р щымыIэж ящIащ. Абы щыпсэу тэтэр мин 200-м нэс щалъхуа щIыпIэхэм ирашри, Азие Курытым, Урал щIыбым, Поволжье Ипщэм ягъэIэпхъуауэ щытащ. ♦1948 гъэм СССР-м хэIущIыIу ищIащ Израилыр къэрал щхьэхуэу къызэрилъытар. ♦1956 гъэм къыдэкIащ щIалэгъуалэр къэралым и къуэкIыпIэ, ищхъэрэ щIыналъэхэм щекIуэкI ухуэныгъэхэм гъэкIуэным теухуауэ КПСС-м и ЦК-мрэ Министрхэм я Советымрэ я унафэр. ♦1959 гъэм Кубэм и мэкъумэшыщIэхэм щIыр яхуэгуэшыным теухуа унафэ къащтащ. ♦1990 гъэм РСФСР-м Валдай лъэпкъ паркыр къыщызэрагъэпэщащ. ♦1995 гъэм Жак Ширак Франджым и президент хъуащ. ♦2000 гъэм Урысейм и премьер-министру ягъэуващ Касьянов Михаил. ♦1848 гъэм къалъхуащ Адыгейм щыпсэуа тхыдэдж, узэщIакIуэ Хьэджымыкъуэ Темчэч. ♦1873 гъэм къалъхуащ франджы тхакIуэ цIэрыIуэ Барбюс Анри. ♦1904 гъэм къалъхуащ дуней псом щыцIэрыIуэ франджы актёр Габен Жан. ♦1917 гъэм къалъхуащ Урысей Федерацэм и цIыхубэ артисткэ ДыщэкI КIунэ. ♦1946 гъэм къалъхуащ Урысей политик, «Демократием и телъхьэ Урысей» зэщIэхъееныгъэм и пашэу щыта Старовойтовэ Галинэ. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 27 – 29-рэ, жэщым градус 14 - 17 щыхъунущ. Лъэпкъ Iущыгъэ: Дыгъужьым ишхари имышхари тохуэ. Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "472.txt" }
БлэкIам хоплъэж ТхылъыщIэ Республикэм и хабзэубзыху орган нэхъыщхьэр илъэс 25-рэ зэрырикъуам и щIыхькIэ, Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм томитI хъууэ къыщыдэкIащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентыр» лэжьыгъэр. Япэ тхылъыр - «От созыва к созыву: история, люди» - топсэлъыхь Парламентым къикIуа гъуэгуанэм, хэхыгъуитхуми хэтахэм ялэжьам. Тхылъым ихуа сурэтхэмрэ хъыбархэмрэ щыгъуазэ уащI КъБР-м парламентаризмэм зэрызыщиужьа щIыкIэм. ЕтIуанэ тхылъым - «Депутатхэр» - сурэт 350-рэ ихуащ (цIыхубэм хаха депутат псори къыщыгъэлъэгъуащ). Сурэтхэм елэжьащ тхылъ тедзапIэм и художник Щоджэн Жаннэ. Тхылъыр 500 хъууэ къыдэкIащ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "473.txt" }
Пащт-Хъан Алим и зэфIэкIхэр КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI, ­ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием и дыщэ, дыжьын медалхэр зыхуагъэфэща Пащт-Хъан Алим и творчествэр фIыуэ зылъагъухэм иджыблагъэ щаIущIащ Налшык дэт «Акрополь» IуэхущIапIэм. ЗэIущIэр къызэIуиха иужь «Ак­рополь»-р зей Къардэн Хьэсэн ди лъэпкъэгъу сурэтыщIым и творчествэм, дуней псом цIэрыIуэ щыхъуа­ и IэдакъэщIэкIхэм, гъуазджэм ­хуищIа хэлъхьэныгъэ иным я гугъу ищIащ. Пащт-Хъаным и къэпсэлъэныгъэр иужьрей и лэжьыгъэхэм теухуауэ щытащ. Алим цIэрыIуэ зыщIауэ къалъытэр «Арура» фIэщыгъэм щIэту фарфорым къыхищIыкIа кхъуэщынырщ. Метрий зи лъа­гагъ а телъыджэр Германием 13-нэ лIэщIыгъуэм щащIа чэщанэм щахъумэ: европей фарфорым и къе­жьапIэр а къэралращ. Арати, абы и музей къыщызэрагъэпэщым, фарфорым къыхэщIыкIауэ дунейпсо гъуазджэм увыпIэ щхьэхуэ щызыубыдыну хьэпшып пыухыкIа ирагъэщIыну мурад ящIат. Ар зыхузэфIэкIынур куэд дыдэрэ къыхахащ. «Kahla-Kretiv» фIэщыгъэм щIэту Германием щекIуэкIа симпозиумым фарфорым ирилъэщэфу дуней псом щыIэ художник нэхъыфI ­12-м яхэту ирагъэблэгъа Алим и IэдакъэщIэкIхэр зылъэгъуахэм ягу ирихьри, кхъуэщыныр ищIыну къы­хуагъэфэщауэ щытащ. ИлъэсищкIэ елэжьащ сурэтыщIыр «Арура»-м. Абы къызэхуэсахэм яжриIащ кхъуэщыным жыгым и ­гулъ зэрытIэпIыкIым и щIыкIэ зэриIэр. Безынэ цIыкIу щIыкIэу ягъэжьа ­тепщэчхэр зы кхъуэщын дахэшхуэу зэрыщытым и мыза­къуэу, унэтIыныгъэ елъытауэ Iы­хьиблу зэхагъэуващ. Мывэ лъапIэхэр, къэ­кIыгъэхэр, хьэкIэкхъуэ­кIэхэр, щIы­пIэ дахэхэр, цIыхухэр, нэгъуэщI куэди щыпл­ъагъунущ абы. Къыхэгъэ­щыпхъэщ, безы­нэ­хэм язым Iуащхьэмахуэ и сурэтыр екIуу сурэтыщIым зэрытрищIыхьар. 2012 гъэм, кхъуэщыныр япэу ща­гъэлъагъуэ махуэм, хамэ щIы­пIэ­хэм къикIауэ цIыху куэд дыдэ ­кърихьэлIауэ щытащ. Германием и консул нэхъыщхьэр нэгъунэ хэтащ абы. НэгъуэщI зы гъэщIэгъуэнагъи иIэщ а кхъуэщыным: зы сыхьэтым къриубыдэу абы и кIуэцIым нэху щощ, махуэр щокIуэкI, жэщи щохъуж. Дунейм щынэхъ ин дыдэ ­кхъуэщыныр турист кIуапIэ ­хъуахэм ящыщщ. КъыкIэлъыкIуэу Пащт-Хъаныр теп­сэлъыхьащ ХьэтIохъущокъуэм и­ жыг хадэм щагъэува «Вагъуэхэм я мывэ» и лэжьыгъэм. «Къэбэр­дей-Балъкъэрым и цIыхубэ сурэтыщI» цIэ лъапIэр къыщыфIащым ди республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий сурэтыщI ныбжьыщIэм щIы­налъэм щхьэкIэ лэжьыгъэ гуэр ищIыну зыщыхуигъазэм, игъэщIэ­хъуакъым. ИлъэскIэ елэжьащ Алим а мывэм. Безенги бгъуэнщIагъым ­къраша мывэкъырым метриплI и ­лъагагъщ, тонн 40-м нос и хьэлъагъыр. А мывэр къызэрыхихам, къыщашэм зыхэта гугъуехьхэм, къыдэIэпыкъуахэм яхутепсэлъыхьащ ар къызэхуэсахэм. Куэдыр зыщIэупщIа «Сыт а мывэм и мыхьэнэр?» «Вагъуэхэм я мывэ» щIыфIащари сыт?» упщIэхэми жэ­уап иритащ. Алим зэрыжиIамкIэ, мы­вэкъырым нэхъ мывэхэкI быдэ ди щIыналъэм илъкъым, ар ди деж щыпсэу лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэ быдэм и нэщэнэщ. Мывэм и дзакIэ бжыгъэншэхэм ди щэнхабзэм я куэдагъыр, домбеякъым къыхэщIыкIауэ ар зыгъэдахэ тхыпхъэхэм а щэнхабзэхэм я дахагъымрэ беягъымрэ къагъэлъагъуэ. Пащт-Хъаным и лэжьыгъэхэм ехьэ­лIауэ упщIэ куэдкIэ зыхуагъэзащ къызэхуэсахэм. Дэтхэнэми гупсэхуу абы жэуап иритащ. «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд щIалэщIэм и зэфIэкIыр нэхъыбэ ­хъуну ехъуэхъури, абы къыхуэщхьэпэну тхылъ зыбжанэ, кассетэ тыгъэ ­хуищIащ. Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ. Щомахуэ Залинэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "474.txt" }
«Щэнхабзэ» лъэпкъ проектыр щIыналъэм зэрыщагъэзащIэр КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къардэн Муратрэ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдинрэ республикэм и Правительствэм накъыгъэм и 16-м щаIущIащ щIыналъэм и хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я журналистхэм. Ар теухуауэ щытащ «Щэнхабзэ» лъэпкъ проектыр Къэбэрдей-Балъкъэрым зэрыщагъэзащIэм, къэралым, республикэм абы къыхуихьыну Iуэхугъуэхэм. - Тхыдэм уриплъэжмэ нэрылъагъущ щэнхабзэ унэтIыныгъэм ехьэлIа апхуэдэ лъэпкъ проект ин къэралым япэу иджы къызэрыщащтар. Ар и щыхьэтщ щэнхабзэм зегъэужьынри Урысейм и къэрал политикэм щыщ Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщ зыуэ къызэралъытэм, - жиIащ Къардэн Мурат. - УФ-м и Президентым и «О национальных целях и стратегических задачах развития Российской Федерации на период до 2024 года» унафэм ипкъ иткIэ, «Щэнхабзэ» лъэпкъ проектыр ягъэхьэзыращ икIи дызэрыт илъэсым щIышылэм и 1-м щыщIэдзауэ дызыхуэкIуэ илъэсихым къриубыдэу къэралым ар щагъэзэщIэнущ. Лъэпкъ проектым хыхьэ къалэн нэхъыщхьэхэм я гугъу щищIым, Къардэн Мурат жиIащ театреплъхэм, музейхэм, библиотекэхэм екIуалIэхэм я бжыгъэм хагъэхъуэну зэрыщыгугъыр икIи цIыхухэр къыдахьэхын, кърашэлIэн папщIэ, апхуэдэ IуэхущIапIэхэр нэхъ щIэщыгъуэу, гъэщIэгъуэну, иджырей зэманым декIуу къызэрагъэпэщыну зэрамурадыр. «Щэнхабзэ» лъэпкъ проектым и гуэдзэнщ «Культурная среда», «Творческие люди», «Цифровая культура» федеральнэ проектищыр. Абы щыщ дэтхэнэми хыхьэу мылъку-техникэ щытыкIэр ирагъэфIэкIуэнущ, ГъуазджэхэмкIэ школхэм макъамэ Iэмэпсымэхэр къыхуащэхунущ, библиотекэхэмрэ кинотеатрхэмрэ я бжыгъэм хагъэхъуэнущ. КъищынэмыщIауэ, самодеятельнэ творческэ гупхэм къыхузэрагъэпэщыну фестивалхэм грант дэIэпыкъуныгъэхэр хухахынущ. Зэраубзыхуам тету, лъэпкъ проектыр ягъэзащIэмэ, щэнхабзэ IуэхущIапIэхэм екIуалIэхэм я бжыгъэм - процент 15-кIэ, щэнхабзэ бжыгъэр зи лъабжьэ Iэмалхэр къэзыгъэсэбэпхэм – проценти 5-кIэ хигъэхъуэнущ. «Культурная среда» щIыналъэ проектыр хуэунэтIащ щэнхабзэ IуэхущIапIэхэр нобэрей гъащIэм нэхъ хуэщIауэ къагъэщIэрэщIэжу цIыхухэм я псэукIэр ирагъэфIэкIуэну. «Творческие люди» щIыналъэ проектым хыхьэу зэфIэкI зиIэ цIыхухэм, псом япэу сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэр къызэкъуахынымкIэ, адэкIэ зрагъэужьынымкIэ ядэIэпыкъунущ. «Цифровая культура» щIыналъэ проектым хыхьэу щэнхабзэм бжыгъэр зи лъабжьэ Iэмэпсымэхэм щIыпIэм зыщрагъэубгъунущ. «Щэнхабзэ» лъэпкъ проектым и гупсысэ нэхъыщхьэу Къардэн Мурат къыхигъэбелджылыкIар зыщыпсэу щIыналъэми бгъэдэлъ мылъкуми емылъытауэ, республикэм и цIыхухэр щэнхабзэмкIэ унэхэм, киногъэлъэгъуапIэхэм, библиотекэхэм къыщызэрагъэпэщ щэнхабзэ, гъуазджэ зэхыхьэхэм екIуэлIэну Iэмал яIэнырщ. ЩIыналъэ проектхэр щагъэзэщIэну пIалъэм къриубыдэу яубзыхуащ ХьэтIохъущыкъуей, Старэ Шэрэдж, Булунгу, Къарэсу, Нартан, Безенги, Лэскэн ЕтIуанэ къуажэхэм щэнхабзэ-зыгъэпсэхупIэ IуэхущIапIэхэр щаухуэну е къызыхуэтыншэу щызэрагъэпэщыжыну, Налшык къалэм щэнхабзэ центр къыщызэIуахыну, бгъэIэпхъуэ хъу, Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр щрагъэкIуэкIыну щэнхабзэ центру 8 (автоклубхэр) къащэхуну, ГъуазджэхэмкIэ сабий школхэр зыхуеину Iэмэпсымэхэмрэ тхылъхэмкIэ ирагъэкъуну, Гуащэ, НыбжьыщIэ театрхэр къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжыну, езыр-езыру къэунэхуа творческэ гупхэм ядэIэпыкъуну, фестиваль проектхэр ирагъэкIуэкIыну, щэнхабзэм и лэжьакIуэ 70-м нэблагъэм я щIэныгъэмрэ ябгъэдэлъ Iэзагъэмрэ творческэ еджапIэхэм щыхагъэхъуэну, виртуальнэ гъэлъэгъуэныгъэ проектхэр ягъэхьэзырыну. 2018 гъэм Нартан къуажэм щрагъэжьа ЩэнхабзэмкIэ унэм и ухуэныгъэм 2019-2020 гъэхэм къриубыдэу щыпащэнущ. Апхуэдэу творческэ зэгухьэныгъэхэм гъэ къэс грант 11 иратынущ, республикэ бюджетым и мылъкум къыхэкIыу. Лъэпкъ проектым мыхьэнэ зиIэ и унэтIыныгъэхэм ящыщщ библиотекэхэм зрагъэужьыныр. Абыхэм иджырей Iэмэпсымэхэмрэ интернеткIэ къызэгъэпэща акъылыфIагъэ центрхэмрэ къыщызэIуахынущ. Библиотекэм щиIэ фондым къыдэкIуэу тхылъеджэхэм Iэмал яIэнущ лъэпкъ электрон гъэтIылъыгъэхэмрэ къыдэкIыгъуэ телъыджэхэмрэ зыхагъэгъуэзэну. ДызыхуэкIуэ илъэситхум тхылъ фэеплъ мини 10 бжыгъэр зи лъабжьэ Iэмалым кърагъэзэгъэну я мурадщ. Библиотекэхэм къыщагъуэтыфынущ электрон мардэм тет лэжьыгъэ лъапIэхэр. Къардэн Мурат къыхигъэщащ «Щэнхабзэ» лъэпкъ проектымрэ абы и гуэдзэн федеральнэ проектищымрэ щагъэзэщIэну 2019-2024 гъэхэм къриубыдэу ди республикэм Iуэхугъуэ 15 щызэфIагъэкIыну зэраубзыхуар. А псоми сом мелуан 529, 92-рэ хухахынущ, абы щыщу сом мелуан 474,43-р - федеральнэ бюджетым, сом мелуан 47,29-р - республикэ бюджетым, муниципальнэ щIыналъэхэм я щIыпIэ бюджетым сом мелуани 8,2-р къыхэкIыу. Къардэн Муратрэ Къумахуэ Мухьэдинрэ жэуап иратащ лъэпкъ проектым ехьэлIауэ журналистхэр зыщIэупщIахэм. ТЕКIУЖЬ Заретэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "475.txt" }
Дунейм щыхъыбархэр Доллар меларди 2,5-рэ и уасэ Iэщэ «С-400 ракетэхэр къызэрытщэхум теухуа зэгурыIуэныгъэм Урысеймрэ дэрэ Iэ теддзащ икIи а Iуэхум пыщIа зэпсэлъэныгъэхэм кIэ игъуэтауэ къыдолъытэ. А Iэщэр къызэрагъэсэбэп щIыкIэм ди IэщIагъэлIхэр Урысейм щыхудогъаджэ накъыгъэм и 22-м къыщыщIэдзауэ», - жиIащ Тыркум лъэпкъ зыхъумэжыныгъэмкIэ и министр Акар Хулуси. Абы къыхигъэщащ Москварэ Анкарарэ яку зэхущытыкIэфIхэр зэрыдэлъыр. Министрым зэрыжиIамкIэ, тырку дзэ къулыкъущIэхэр мазэ зыбжанэкIэ еджэнущ. Ирагъаджэ гупхэм я бжыгъэми зэпымыууэ зехъуэж, сыту жыпIэмэ, дэтхэнэ зыми IэщIагъэ зырыз яIэщ, абы теухуауэ зрагъэщIэн хуейхэри щхьэхуэщ. Хьэуам зыщыхъумэжыным хуэгъэпса зенитнэ ракетэ ящэхуахэм ящыщ япэ Iыхьэр Тыркум Iэрыхьэнущ мы гъэм и бадзэуэгъуэм. Министрым къыхигъэщащ С-400-хэр гъэувыным мы гъэм и жэпуэгъуэм зэрыщIадзэнур. «Ростех» компанием и генеральнэ директор Чемезов Сергей зэрыжиIамкIэ, Анкара ди деж щищэхуащ С-400 ракетэхэм хуэдэу доллар меларди 2,5-рэ и уасэ. С-400 Iэщэ лъэщыр - «Триумф» зыфIащар - Тыркум зэрищэхуар бдзэжьей къупщхьэу я тэмакъым тенащ Америкэм и Штат Зэгуэтхэм. Ди ракетэхэм я пIэкIэ езыхэм я «Патриот» системэхэр ирагъэщэхуну хуагъэлъэгъуат Тыркум, ауэ иужьрейхэм къыхахар Урысей Iэщэрщ. Иджы Америкэр Тыркум хуодалъэ санкцэхэр хуигъэувыну. Псалъэм папщIэ, США-м жаIэ я кхъухьлъатэ щIэ дыдэхэр – F-35 жыхуаIэхэм хуэдэхэр - Анкара иращэным теухуауэ ирагъэкIуэкI зэпсэлъэныгъэхэр нэхъ кIыхьлIыхь ящIынкIэ е ирамыщэххэнкIэ хъуну, а кхъухьлъатэ лIэужьыгъуэр къыщIэгъэкIыным хуэгъэза дунейпсо программэм Тыркури зэрыхэтыр ящыгъупщэжауэ. Члисэр ирагъэухуэн ядэркъым Махуэ зыбжанэкIэ Екатеринбург щызэныкъуэкъуащ къалэдэс куэдым я зыгъэпсэхупIэм, Драмэм и театрым къедза, щхъуантIагъэхэр щыхэса парк дахэм, деж члисэ щызыухуэну къезыхьэжьахэмрэ абыкIэ мыарэзыхэмрэ. ЦIыху минитIым щIигъу екIуэлIащ ухуэныгъэр щрагъэкIуэкIыну яубзыхуа щIыпIэм икIи пэкIу зэхашащ. ЦIыхухэр къызэрыIэтри, зыщIадзэну ухуэныгъэр къызэрыхухьа бжыхьхэри ягъэуащ, езыхэм я псалъэр пхыкIыхукIэ зэримыкIуэтынури быдэу жаIащ. Къалэ унафэщIхэри хабзэхъумэхэри хэмыIэбэу хъуакъым Iуэхум, ауэ абыхэми яхузэтеуIэфIэжакъым цIыху къызэрыгъэплъахэр. Апхуэдэу щыхъум, хъийм икIахэм ящыщу цIыхуищэм нэблагъэ полицэм Iуишащ. Свердловскэ областым и губернатор Куйвашев Евгений щытыкIэр зэтес ищIыжын мурадкIэ къахэпсэлъыхьа пэтми, абыи ар хузэфIэкIакъым. ЦIыху мыарэзыхэм ящыщ зыбжанэ езым и деж иригъэблагъэри зэчэнджэщахэти, зэрызэгурыIуа щIагъуэ щымыIэу зэбгрыкIыжащ. ПэкIухэм хэтхэм яукъуэдиям зэрытемыкIынур наIуэ къыщыхъум, къалэ унафэщIхэм мурад ящIащ екатеринбургдэс псоми нэхъ яфIэтэмэмыр къагъэлъэгъуэн папщIэ, цIыхухэм яхэупщIыхьыну. Жылагъуэм я Iуэху еплъыкIэр зыхуэдэр зэгъэщIэным зи лэжьыгъэр тегъэпсыхьа Урысейпсо центрым и IэщIагъэлIхэм ирагъэкIуэкIащ а лэжьыгъэр. Абы къызэригъэлъэгъуамкIэ, къалэдэсхэм я нэхъыбапIэр арэзы техъуащ а члисэр Екатеринбург щыухуэн зэрыхуейм, ауэ къыхаха щIыпIэр къемызэгъыу къалъытэ. Процент 58-м къалъытэ ар нэгъуэщI щIыпIэм деж щыухуэн хуейуэ. ЗэупщIахэм я процент 50-м щIигъум къалъытащ члисэм езыхэм я дежкIэ мыхьэнэ имыIэу, ар ямыщIми ящIми я зэхуэдэу. Екатеринэ Щихъым и цIэр зезыхьэну а члисэр щаухуэну щIыпIэр къахухэмыхыу илъэс зыбжанэ хъуауэ къокIуэкI. Зэ зы щIыпIэр, зэм нэгъуэщIыр къагъэлъагъуэ, ауэ цIыхухэм ар ядэркъыми, ар щащIынур яхъуэжын хуей мэхъу. 2018 гъэм траухуат члисэр Драмэм и театрым пэмыжыжьэу ящIынуи, абыи псалъэмакъышхуэ къикIащ икIи абы и ухуэныгъэр аргуэру къызэтрагъэувыIэн хуей хъуащ, унафэу хуащIынури зэкIэ гурыIуэгъуэкъым. Проектым зэритымкIэ, Екатеринбург къалэр илъэс 300 щрикъу 2023 гъэм ирихьэлIэу зэфIагъэувэну арат а тхьэелъэIупIэр. Нобэ ♦Славян тхыбзэмрэ щэнхабзэмрэ я махуэщ. УФ-м и мызакъуэу, ар щагъэлъапIэ славян лъэпкъхэр щыпсэу къэралхэми. ♦Паркхэм я европэпсо махуэщ ♦Европэм щагъэлъапIэ зэгъунэгъухэм я махуэр ♦УФ-м щагъэлъапIэ IуэхущIапIэр лэжьа­кIуэхэмкIэ къызэгъэпэщыныр зи къалэным и махуэр ♦1844 гъэм телеграф IэмалкIэ япэ хъыбарыр зэбгригъэхащ США-м щыщ Морзе Сэмюэл. Вашингтон иригъэхри абы телеграммэ игъэхьат Балтимор къалэм. ♦1900 гъэм «Аврора» кхъухьыр Санкт-Петербург деж псым япэу щытехьащ. Абы метри 127-рэ и кIыхьагът, метр 16,8-рэ и бгъуагът. Крейсерыр псым щытраутIыпщхьэм кърихьэлIат Урысейм и пащтыхь Николай ЕтIуанэр. ♦1925 гъэм дунейм къытехьащ «Комсомольская правда» газетым и япэ номерыр. ♦1928 гъэм Нобиле Умбертэ зи пашэ экспедицэр дирижаблым ису полюс Ищхъэрэм нэсащ. ♦1932 гъэм Ленинградрэ Москварэ яку дэлъ уэгу гъуэгуанэм техьащ пощтым и хьэлъэхэр зыгъэIэпхъуэ кхъухьлъатэхэр. ♦1956 гъэм Луганэ (Швейцарие) япэу щызэхэтащ уэрэджыIакIуэхэм я «Евровидение» дунейпсо зэпеуэр. ♦2003 гъэм инджылыз уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, «Биттлз» гупым хэта Макартни Пол Москва и Утыку Плъыжьым концерт щитащ. УэрэджыIакIуэ цIэрыIуэм сыхьэтищым къриубыдэу игъэзэщIащ и уэрэдхэм ящыщу 40-м нэблагъэ. Илъэс плIыщIым къриубыдэу а зэрщ Маккартни ди къэралым концерт щитар. Абы еплъа цIыху мин 25-м яхэтащ УФ-м и Президент Путин Владимири. ♦2008 гъэм Урысейр щытекIуащ уэрэджы­IакIуэхэм я «Евровидение» дунейпсо зэпеуэу Сербием и къалащхьэ Белград щекIуэкIам. Ди къэралым и тхыдэм апхуэдэ къызэрыщыхъуар а зэрщ, ар зыхузэфIэкIари ди лъахэгъу, КъБР-м и цIыхубэ артист Билан Димэщ. ♦1905 гъэм къалъхуащ урыс тхакIуэшхуэ, Нобель, Ленин саугъэтхэм я лауреат, СССР-м и Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща, Социалист Лэжьыгъэм тIэунейрэ и ЛIыхъужь Шолохов Михаил. ♦1918 гъэм къалъхуащ Совет Союзым и ЛIыхъужь Иуан Хьэсэн. ♦1926 гъэм къалъхуащ Тыркум щыпсэу адыгэхэм ящыщ спортсмен, 1948 гъэм екIуэкIа Олимп Джэгухэм бэнэкIэ хуитымкIэ чемпион щыхъуа Бильге Газанфер. ♦1940 гъэм къалъхуащ урыс усакIуэ, Нобель и саугъэтыр зрата Бродский Иосиф. ♦1941 гъэм къалъхуащ США-м щыщ уэрэд­жыIакIуэ-уэрэдус, актёр, сурэтыщI, Нобель и саугъэтыр зыхуагъэфэща Дилан Боб. ♦1947 гъэм къалъхуащ совет актрисэ, Урысейм щIыхь зиIэ и артситкэ Тома Светланэ (и унэцIэ дыдэр Фомичёвэщ). ♦1940 гъэм къалъхуащ шэрджэс усакIуэ, тхакIуэ Анзор Мухьэмэд. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 24 - 25-рэ, жэщым градус 16 - 17 щыхъунущ. Лъэпкъ Iущыгъэ: Акъылым уасэ иIэкъым, гъэсэныгъэм гъунэ иIэкъым. Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "476.txt" }
Псори зыхуэныкъуэ лъэпкъ щIэин Бахъсэн щIыналъэ Бахъсэн къалэ округым и щIыпIэ администрацэм и конференц-пэшым щекIуэкIа зэIущIэр теухуауэ щытащ Махуэгъэпс тафэ хэIэтыкIам тхыдэ-щэнхабзэ заповедник къыщызэгъэпэщыным икIи Къэбардэ Тамбий щыщIалъхьа Iуащхьэм абы и цIэр зытет мывэ сын щыгъэувыным. Зэхыхьэм хэтащ Бахъсэн щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Мамхэгъ Хьэчим, абы и къуэдзэхэу Къардэн ФатIимэ, Джатэ Ильяс, Шапсыгъ Азэмэт сымэ, Дыгулыбгъуей къуажэ администрацэм и Iэтащхьэ Къуэдзокъуэ Лёлэ, Бахъсэн къалэ администрацэм щэнхабзэмкIэ и къудамэм и унафэщI Бэч Альберт, КъБКъУ-м адыгэ щэнхабзэмкIэ щыIэ центрым и художественнэ унафэщI Думэныщ Iэулэдин, КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI, УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт Тхьэзэплъыж Руслан, тхыдэдж, Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым и лэжьакIуэ Ало Тимур, журналист Шыбзыхъуэ Астемыр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я унафэщIхэр, тхыдэджхэр. ЗэIущIэм хэтхэм зыхагъэгъуэзащ Къэрал Эрмитажым и унафэщI Пиотровский Михаил КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек и цIэкIэ къигъэхьа тхыгъэм. Абы щыжыIащ Махуэгъэпс тафэ хэIэтыкIар куэд щIауэ адыгэхэм пщIэшхуэ зыхуащI зэхуэсыпIэ цIэрыIуэу тхыдэм къызэрыхэщыжыр. Пиотровский Михаил гу лъаригъэтащ абдежым, пасэм Къэбэрдейм и тепщэу щыта Къэбардэ Тамбий и кхъащхьэм къыдэкIуэу, нэгъуэщI кхъэлъахэ Iуащхьэхэмрэ археологие фэеплъхэмрэ зэрыщыIэр. Зэхыхьэм хэтхэр арэзы техъуащ Бахъсэн къалэм и мызакъуэу, республикэ псор «Махуэгъэпс» заповедникым зэрыхуэныкъуэм теухуа гупсысэм. БАЛЪКЪЫЗ Iэминэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "477.txt" }
Бзылъхугъэ щыпкъэм и щапхъэ ДифI догъэлъапIэ Сэрмакъ къуажэ щыщ Дау КIулэ Хьэмац и пхъум и ныбжьыр илъэси 104-рэ ирикъуащ. Абы и унэм кIуэри ехъуэхъуащ, тыгъэ гуэрхэри хуащIащ Дзэлыкъуэ щIыналъэ администрацэм и унафэщI Джатэ Русланрэ къыдэлажьэхэмрэ. Iуэхугъуэ дахэкIэ икIи гугъукIэ гъэнщIа гъащIэ кIыхь къигъэщIащ Дау КIулэ. Ар 1915 гъэм накъыгъэм и 15-м Сэрмакъ къуажэм щыщ ХьэIупщы Хьэмацрэ Хужьрэ я унагъуэм къыщалъхуащ. Езым и къуажэгъу Дау Хьэлий и гъусэу унагъуэ иухуащ. Ахэр колхозым хэтащ, Хьэлий бригадиру, езыр звеном и пашэу. А зэманым хиубыда дэтхэнэ зыми ещхьу, зэщхьэгъусэхэр зауэ нэужь лъэхъэнэ гугъум лэжьащ я псэ емыблэжу, аращ фIыщIэ папщIэу тIэунейрэ ВДНХ-м щIагъэкIуар. Зэщхьэгъусэхэм хъыджэбзищ зэдагъуэтащ, гугъу ехьами, насыпыфIэу къызэдэгъуэгурыкIуащ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, Хьэлий дунейм ехыжащ. КIулэ ипхъухэр и щIэгъэкъуэнщ, абыхэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ яIэщ, егъэджэныгъэ, медицинэ IэнатIэхэм пэрытщ. Нанэми пхъурылъхуи 7 иIэщ, абыхэм ящыщу 3-р щIэныгъэхэм я кандидатщ. КIулэ зэи Iуэхуншэу щысыфыркъым, ипхъухэм ядоIэпыкъу иджыри къыздэсым. Узыншэу, и щIэблэм и лъэр жану щIагъэкIыу иджыри куэдрэ Тхьэм игъэпсэу. Дзэлыкъуэ щIыналъэ администрацэм и пресс-IуэхущIапIэ. Щокъуий Iэминэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "478.txt" }
Нэмыцэ щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэм Налшык щахуозэ Республикэм и къэрал властым и органхэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэмрэ я лIыкIуэхэр иджыблагъэ КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмкIэ, щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм щахуэзащ ФРГ-м и щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэм я пашэхэмрэ щIалэгъуалэм я зэдэлэжьэныгъэмкIэ Урысей-нэмыцэ советым хэтхэмрэ. ЗэIущIэм кърихьэлIащ КъБР-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмкIэ, щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Къумыкъу Iэуес, КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министр ЩоджэнцIыкIу Мурат, щIалэгъуалэм я зэдэлэжьэныгъэмкIэ Урысей-нэмыцэ советым хэт Клиндт Арнэ, Германием и Альпинистхэм я союзым и унафэщI Темпли Лоренс, Урысейм и Студент спорт союзым и вице-президент Ольховский Роман, КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмкIэ, щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм и лэжьакIуэхэр, студент, щIалэгъуалэ турист клубхэмрэ спорт клубхэмрэ я унафэщIхэр. ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ ныбжьыщIэ-щIалэгъуалэ спорт туризмэм зегъэужьыным хуэунэтIауэ къэрал IуэхущIапIэхэр, еджапIэхэр, щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэр зэрызэдэлажьэм. Къэпсэлъахэм къагъэлъэгъуащ Урысеймрэ Германиемрэ я правительствэхэм даIыгъ проект пыухыкIахэм япкъ иткIэ лэжьыгъэшхуэ зэрекIуэкIыр. Апхуэдэу экспертхэм къызэхуэсахэр щыгъуазэ ящIащ щIалэгъуалэ зэдэлэжьэныгъэм и лъэныкъуэкIэ Урысеймрэ Германиемрэ щекIуэкI Iуэхухэм. ЩIалэгъуалэ зэдэлэжьэныгъэмкIэ Урысей-нэ­мыцэ советыр 2004 гъэм и дыгъэгъазэ мазэм къызэрагъэпэщауэ щытащ Урысей Федерацэм и Правительствэмрэ Германие Федеративнэ Республикэм и Правительствэмрэ зэращIылIа зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "479.txt" }
Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш продукцэр Азербайджаным щагъэлъагъуэ КъБР-м и мэкъумэш предприятэхэмрэ сырьём елэжь IуэхущIапIэхэмрэ я продукцэр иджыблагъэ щагъэлъэгъуащ илъэс 25-рэ хъуауэ Баку гъэ къэс къыщызэIуах «Ерыскъы промышленность» дунейпсо зэхыхьэм. Мы Iуэхур къызэригъэпэщащ республикэм ХьэрычэтыщIэхэм защIэгъэкъуэнымкIэ и центрым. Выставкэм утыку къыщрахьащ къэрал 40-м щыщ компаниеу мини 2-м щIигъум я продукцэр. Мы зэхыхьэм икъукIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ къэралхэм яку дэлъ сату-экономикэ зэхущытыкIэхэм зегъэужьынымкIэ, апхуэдэу дунейм щыпашэ мэкъумэш IуэхущIапIэхэм ягъэхьэзыр ерыскъыпхъэхэмрэ Iэмэпсымэхэмрэ утыку къихьэнымкIэ. КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "480.txt" }