text
stringlengths 11
353k
| meta
dict |
---|---|
«Ислъэмейм» щыщ Агъыржанокъуэ Саният
Урысей Федерацэм и къэрал саугъэтым и лауреат, Адыгейм щIыхь зиIэ и артист, Шэшэным гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, «Ислъэмей» къэрал ансамблым и художественнэ унафэщIым и къуэдзэ Агъыржанокъуэ (Хъуажь) Саният гупым и вагъуэ пэрытхэм ящыщщ. Саният Налшык къызэрыкIуар къэдгъэсэбэпри, упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащ.
- Ансамблым ухыхьа зэрыхъуам и гугъу къытхуэпщIамэ арат.
- Ансамблыр къыщызэрагъэпэщым Адыгэ Республикэм щыщу вокальнэ къудамэм щIэсхэр зэхуашэсыжырти, сэри къызэджащ. Краснодар дэт ЩэнхабзэмкIэ институтыр къыщызух гъэрат ар. Практикэм сыкъэкIуэжри мазитхукIэ гупым сахэтащ. Гъатхэпэм и 16-м ансамблым и япэ концертыр щигъэлъэгъуам еджапIэм сыкъикIыжри, сыхэтауэ щытащ. ЕтIуанэ концертыр гъатхэпэм и 24-м «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблым и гъусэу ттащ.
А зэманым ансамблым уэрэджыIакIуэу хэтар тху къудейщ. Иджы, Тхьэм и фIыщIэкIэ, цIыху пщыкIутху дохъу. Хуабжьу сыщогуфIыкI ныбжьыщIэхэр къытхыхьэну хуейуэ къызэрыдэкIуалIэр. Дунейр чэзущ, дэри ансамблым дыщыхэкIыжын хуей зэман къэхъунщ. НыбжьыщIэхэращ ансамблыр зыгъэпсэунур. Абы хэтыну хуейр хъыджэбзхэм я закъуэкъым, щIалэхэми апхуэдэ жэрдэм дахэ ящI. ИпэкIэ щIалитI фIэкI къытхэмытамэ, иджы ахэри тху хъуащ.
- Мурад, проект гъэщIэгъуэн фиIэ?
- Проектхэр ди бэщ. «Кабардин-ка»-м и гъусэу концерт зэрыттам ещхьу, шоу-программэхэр сюжетнэу тщIыну дыхуейт, ауэ абы тедгъэкIуэдэн мылъку дызэримыIэм делъахъэ. «Ислъэмейр» дэнэ къэрали утемыукIытыхьу щыбгъэлъагъуэ хъуну ансамблхэм ящыщщ. Ар сэ абы сызэрыхэтым щхьэкIэ жысIэркъым. Зы адыгэ щIэмысу хамэ къэралхэм зыкъыщыщыдгъэлъэгъуа къытхуихуащ. Польшэм ди диск яшэри ирагъэплъати, ягу ирихьри, драгъэблэгъауэ щытащ. Уеблэмэ, лыхьхэм къыщыдблэкIкIэ, дзапэ уэрэду адыгэ макъамэ кърашу къэнат. ЕтIуанэу, илъэсищ дэкIауэ, тедгъэзэжати, итIани ди цIэхэр ящIэжырт. ГъэщIэгъуэныр пщIэрэ, «АдыгэбзэкIэ сценэм фыщыпсалъэ», - жаIэурэ къыдэлъэIурт ахэр. «КъывгурыIуэну?» - дгъэщIагъуэу деупщIыжмэ: «Дыхуейкъым дэ ар къыдгурыIуэну, бзэм и дахагъымрэ и IукIэмрэ зэхэдывгъэх закъуэ», - къыджаIэжырт. Абы уимыгъэгушхуэнкIэ Iэмал иIэтэкъым. Дезыгъэблэгъахэм пенсэм тIысыжыху симфоние оркестрым щылэжьауэ, хэгъуэгу куэдым зи пщIэр щылъагэ, скрип- кэ Iэмэпсымэм Iэзэу еуэ музыкант цIэрыIуэ яхэтт. «Ислъэмейм» и пшынэ гъэбзэрэбзэкIэм хуэдэ зэи срихьэлIакъым», - къытхужиIауэ щытащ абы.
- ЗэрыжыпIащи, щIыпIэ куэдым ансамблым зыкъыщигъэлъэгъуащ, уэ нэхъ уигу къинэжауэ дэнэ фыщыIа?
- Псом нэхъыбэрэ Тыркум дыщыIащ, апхуэдэу Израилым, Иорданием, Инджылызым, Польшэм, Италием, Алыджым, нэгъуэщIхэми дыщыхьэщIащ. Алыджым дыздэщыIа Родос хытIыгум и Iэтащхьэм зыкъытщимыгъэнщIу дыкъэкIуэжауэ щытащ. Алыджхэм я щэнхабзэр хуабжьу фIыуэ ялъагъу, пщIэ хуащI. Езым я бзэкIэ къищынэмыщIа, хамэ къэралыбзэкIэ уэрэд къыщеуэу зы машини дэттэкъыми, сехъуапсэрт. Абыхэм я трактирхэм уэрэд едэIуэн, загъэпсэхун щхьэкIэ цIыхухэр уэру пщыхьэшхьэ къэс щызэхуос. УэрэджыIакIуэхэм уэрэдыр къыхадзэрти пэшым щIэсу хъуар дежьут, абы укIэлъыплъыну зыкIэ хъуэпсэгъуэти, абы и IуэхукIэ щапхъэ ятепхыну уасэ иIэтэкъым. Апхуэдэ лъэпкъым дэ дафIэгъэщIэгъуэну дыщрагъэблагъэм, хуабжьу дигу хагъэхъуащ. Къалэм и унафэщIым и шхапIэм пщыхьэщхьэ къэс дыщигъэхьэщIэрти, лъэпкъым и тхыдэм, и хабзэм, и хъыбарыжьхэм къыщIэупщIэу, зэхихыр игъэщIагъуэу къыдбгъэдэст. Ди концерт тыгъуэр къыщысым, тIысырти, сабыру къыдэплъырт. Адыгэлъ щIэмыту апхуэдизу адыгэ макъамэр зыхэзыщIэ срихьэлIауэ сщIэжыркъым. Апхуэдэ къалэхэм концерт щхьэхуэ щыптыну уасэ иIэкъым.
Набережные Челны щыщ тэтэр щIалэ ди щIыпIэм къэкIуауэ «Ислъэмейм» и концертым зэ еплъати, кIуэжри дригъэблэгъауэ щытащ. ЯпэщIыкIэ билетыр залымыгъэкIэ и цIыхугъэхэм ярищэри, къигъэкIуащ. Концертыр зэфIэкIа иужь щIалэм фIыщIэ мыуххэр къыхуащIауэ къытхуиIуэтэжат. ЕтIуанэу тедгъэзэжа иужь, пэшым щIэхуэр къызэхуэсат, иджы езым я фIэфIыныгъэкIэ.
- ЩIыкIэкIи плъыфэкIи фэкIупсу утыкум фызэрит фащэхэр фхуэ-зыдыр, абыхэм я щIыкIэр къызэрывгупсысыр сфIэгъэщIэгъуэнщ.
- Адыгэ фащэхэр зыд ателье хэхам ди щыгъынхэр щытхуагъэхьэзыр. Пэжщ, щIэ гуэрхэр хэтлъхьэну яужь дитщ, ауэ адыгэ фащэм и щIыкIэм дызэрыхэмыIэбэным, абы и къупхъэр къызэрызэтеднэным дыхущIокъу.
- Ансамблым и уэрэдыщIэхэмкIэ иджыри куэдрэ лъэпкъыр игъэгуфIэу, и ехъулIэныгъэмрэ и пщIэмрэ хэхъуэ зэпыту екIуэкIыну ди гуапэщ.
Епсэлъар ЩОМАХУЭ Залинэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2802.txt"
} |
Адыгэ фащэм и пщIэр къэзыIэтыжхэм ящыщщ
«Этно-Эрато» дунейпсо зэпеуэм «Кавказ Ищхъэрэм и фащэ нэхъыфI» Iыхьэм ещанэ увыпIэр къызыхуагъэфэща Былымгъуэт Оксанэ Кавказ Ищхъэрэм ис дэрбзэр нэхъыфIхэм ящыщщ. Лъэпкъхэм я унэу Москва дэтым и IэдакъэщIэкIхэм я гъэлъэгъуэныгъэрэ творческэ пшыхь екIурэ щыхуащIауэ щытащ. Дэрбзэр ныбжьыщIэм хамэ къэрал щыпсэухэми, ди деж щыIэхэми яхуида фащэхэмкIэ загъэщIагъуэу хьэгъуэлIыгъуэхэм хэтщ, лъэпкъ махуэшхуэхэм деж щатIагъэ. Дэным и закъуэкъым Оксанэ зыхуэIэзэр, абы дахэ дыдэу сурэтхэр ещI, нэгъуэщI IэщIагъэ куэдми хуэIэижьщ.
Пщащэр нэхъ гъунэгъуу зэдгъэцIыхуну ди хьэщIэщым къедгъэблэгъащ. И IэщIагъэр къызэрыхихарщ япэу дызыщIэупщIари.
- КъуажэкIэ Хьэтуей сыщыщщ, ауэ дыщыпсэур Налшык къалэращ. Иджыри сысабийуэ къуажэм дыкIуэжауэ сытрагъэуну адыгэ хьэрфылъэ къысIэщIалъхьат. ТхэкIи еджэкIи сщIэртэкъым, сурэтхэм сеплъурэ напэхэр зэтездзурэ, адыгэ фащэкIэ хуэпа хъыджэбзым си нэр техуащ. А дакъикъэм къару гуэрым сызэщIиубыдат, къысщыщIари къызгурымыIуэу. Абдежым зыми зыри щыжесIакъым, ауэ къуажэм сыкIуэжыху а тхылъым фIэкIа плъапIэ сиIэтэкъым, зыщызгъэнщIтэкъым фащэкIэ хуэпа хъыджэбзхэм я теплъэ уардэм. Нобэми си нэгу щIэтщ а сурэтыр. Абы иужь куэд дэмыкIыу, илъэситху сыщрикъум, си япэ фащэр си адэм схуригъэдауэ щытащ. СощIэж ар къызыхащIыкIыну щэкIыр къызэрыхэсхар. КъызэрыщIэкIамкIэ, сызэхъуэпсар нэхъ щэкI лъапIэ дыдэрат.
Си анэшхуэри си анэри дэным хуэIэижьти, абыхэм ящIэм сеплъурэ сэри сыдихьэхащ. Си адэм сурэт щIыныр къохъулIэ, ауэ хэубыдыкIауэ зыщIыпIи зыщигъэсакъым. Сэ сыт щыгъуи сыщIэхъуэпсырт дэрбзэр сыхъуну, арат КъБР-м Щэнхабзэмрэ гъуазджэхэмкIэ колледжым сыщIыщIэтIысхьари. Япэ илъэситIыр къэдуха иужь, ди еджапIэм и унафэщIым цIыху зыбжанэ гупым дыкъыхишри къыдэпсэлъащ. Къалэ хадэхэр, унэ бжэIупэхэр къэкIыгъэкIэ гъэдэхэнымкIэ щIэрыщIэу къызэIуаха къудамэм щеджэну дэр нэмыщI зыми хуамыгъэфащэу щыжиIэм, дегупсысри, арэзы дыхъуат. Ар къэзухри си IэщIагъэмкIэ IэнатIэ сымыгъуэту илъэскIэ сыщысауэ телефонхэр щащэ тыкуэным сыуври, илъэситхум нэблагъэкIэ сылэжьащ. Хьэсэней лъэныкъуэкIэ щыIэ Ботаникэ садым лэжьапIэ сыкъащтэну щыжаIэм, сыгуфIэу арэзы сыхъуат. Абы щысщIахэм къапэкIуа щыIэкъым, ауэ си проект гуэрхэр ягу ирихьри, Шэшэным сыщылэжьэну срагъэблэгъати, сытегушхуакъым. КъыкIэлъыкIуэу сэ зеспщытащ Iэбжьанэр гъэдэхэным. ЦIыхухэри къакIуэт, сэри мыIейуэ къызэхъулIэт, ауэ си гур хыхьэртэкъыми, ари къэзгъэнэжащ. ИтIани нэгъуэщI лэжьыгъэ гуэрхэм зеспщытри, къызэхъулIакъым.
Си Iуэхур къызэрекIуэкIари гъэщIэгъуэнщ. ФIы дыдэу слъагъу ди благъэ щIалэр къыщалъхуа махуэр къэблагъэрти, зыгуэркIэ сыхуэгуэпэну мурад сщIащ. Iуэхуракъэ, абы гъэщIэгъуэн щыхъуну, щыгуфIыкIыну естынур сымыщIэу утыкум сыкъыщинэм си анэм сечэнджэщати: «Псом нэхърэ нэхъыфIщ уи IэкIэ пщIауэ зыгуэр хуэхьи», - къызжиIащ. Куэдрэ семыгупсысу, сытIысри, хъыджэбз тхьэIухудым и сурэт сщIащ. Сэ езым гъэщIэгъуэн сщыхъужат нэхъапэм цIыху сурэт сымытхауэ иджы къызэрызэхъулIар. Сурэтыр зыхуэсхьам къызэрымыкIуэу игу ирихьат. «УзэрыцIыкIурэ узыщIэхъуэпсым упэIэщIэкъым, адыгэ фащэкIэ хуэпа хъыджэбзым и сурэт пщIыуэ дебгъэплъкъэ?» - щыжиIэм, сытегушхуащ. Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ библиотекэм си сурэтхэм я гъэлъэгъуэныгъэ 2010 гъэм щысхуащIауэ щытащ. Библиотекэм и лэжьакIуэхэм я зым си лэжьыгъэхэр ХьэцIыкIу Мадинэ иригъэлъэгъуа иужь, и деж сригъэблагъэри илъэсрэ ныкъуэкIэ сыдэлэжьауэ си студие къызэIусхыну мурад сщIыри, сыкъыIукIыжащ.
- Фащэм, абы и тхыпхъэмрэ уагъэхэмрэ зэхъуэкIыныгъэ хэзылъхьэну зыфIэфI куэд щыIэщ. Уэ а Iуэхум дауэ уеплърэ?
- Фащэр едгъэфIэкIуэн фIэкIа зэхъуэкIыныгъэ хэтлъхьэну дыхуиткъым. Лъэпкъым лIэщIыгъуэ бжыгъэкIэ зэфIигъэува, абы къыдэгъуэгурыкIуа щыгъыным дэ сыт тхухэлъхьэнури тхухэхынури? Ауэ фащэм и щIыкIэм тету бостей езыгъэдыну хуейхэм «хьэуэ» яжесIэркъым, апхудэ щIыкIэри къезэгъыу къызолъытэри.
- Фащэм и сыт хуэдэ пкъыгъуэхэр пщIыну, уелIэлIэну нэхъ пфIэфI?
- Iэпэтхьэмпэхэмрэ пыIэмрэ. Пасэм цIыхубзым и Iэпэбэлагъыр къыщIигъэщыныр яфIэемыкIуу щытащ. Бзылъхугъэр щхьэпцIэу уэрамым къытехьэнри къезэгъыртэкъым. Сэ сызэреплъымкIэ, а тIур зыхуей хуэгъэзауэ, екIуу фащэм кIэрылъмэ, зэрыфащэу ягъэдахэ.
- Уи япэ фащэр илъэситху ныбжьым уиту пхуадауэ щытащ, дэн зэрыщIэбдзэрэ уи щхьэ фащэ хуэбдыжакъэ?
- Хьэуэ, сэ фащэр къызэрымыкIуэу фIыуэ солъагъу, здыни сфIэфIщ, щащыгъым дежи гухэхъуэгъуэ къызет, ауэ сэ зэзгъэкIуркъыми щыстIагъэркъым.
- Оксанэ, уи дежкIэ лъэпкъ фащэм сыт хуэдэ мыхьэнэ иIэ?
- КъызэрымыкIуэу мыхьэнэшхуэ иIэщ. Ар сэ сщыщ гуэрщ. Зэзэмызэ нэгъуэщI зыгуэрым зеспщытыну сегупсысамэ, а гупсысэм сыщощтэж - апхуэдизкIэ а IэщIагъэр фIыуэ солъагъури. Сытым хуэдэу сыгушхуэрэ си фащэхэр екIупсу зыщыгъхэр щыслъагъукIэ! Мыри къыхэзгъэщыну сыхуейщ, си фащэхэм адрей дэрбзэрхэм я деж къыщыздыгъуа лъэпкъ якIэрыслъхьэркъым! Пэжщ, соплъ, ауэ седыгъуэркъым, езым си щхьэхуэныгъэ зэрыхэслъхьэным сыхущIокъу армыхъу.
Епсэлъар ЩОМАХУЭ Залинэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2803.txt"
} |
Иджырей гъуазджэ
СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ музейм жэпуэгъуэм и 19-м къыщызэIуахащ Аккизов Чэрим и IэдакъэщIэкIхэм я гъэлъэгъуэныгъэ.
«Притяжение» фIэщыгъэм щIэт арт-проектым щыплъагъур гъэщIэгъуэн, щIэщыгъуэ защIэт. Чэрим и лэжьыгъэхэм нэхъыбэу зи гугъу щищIыр Интернетым зэщIишха дунейращ. Псом хуэмыдэу гъэщIэгъуэнщ пхъэм, тхылъымпIэм тедзауэ абы сурэтхэм хигъэува зэрызэщIэупщIэ хъыбар кIэщI цIыкIухэр. УзэрыщIыхьэу узыIуплъэ гъуджэм «Уи махуэ фIыуэ! Дауэ ущыт?» - псалъэхэр тедзащ. АдэкIэ, гузэвэгъуэ гуэрым зэрыхэтыр къапщIэ цIыхум и сурэтым ерагъыу хэплъагъукI хьэрф инкIэ «Умыгузавэ, псори тэмэм хъунущ», - псалъэхэм укъыщоджэ. КъыкIэлъыкIуэ сурэтым фIыуэ зэрылъагъуитI зэлъэмыIэсыфу хыболъагъукI «Сытым хуэдэу сигу укъэкIа!..» - жиIэу тету. АбджыпскIэ къэщIыхьа гъэлъэгъуапIэм (витринэм) пхъэпс пIащIэу пхъэ упсам тетха хъыбар кIэщIхэм къэпкIухьурэ уздеджэм, зы цIыхум и хъуреягъым щыджэрэз дуней болъагъу, ухуейуэрамэ, абы щыщ Iыхьэ ухъуауэ къыпщохъу. Степлерым и Iунэхэм къыхэщIыкIа гур-щэ?! Хьэмэ, цIыху нэкIу зыхэплъагъуэ мывэ инхэр-щэ?! Балъкъэрхэр хэкум щрагъэкIам теухуа сурэт гъэщIэгъуэн утыку кърихьащ Чэрим. Гу зэкIэщIэчам и кум ахэр хэкум пэIэщIэу щыпсэуа илъэс бжыгъэхэр кIэщIэту унагъуэ сурэт щыболъагъу. «ГъащIэм и гъуджэ» теплъэгъуэри телъыджэ сщыхъуащ. Аккизовым къимыгъэсэбэп Iэмэпсымэ щыIэкъым, абы и гупсысэр зэрыхуэкIуам укъагъэуIэбжьу.
Музейм цIыхур щыкуэдащ, уеблэмэ щIалэгъуалэр нэхъыбэу. Иджырей щIэблэр щэнхабзэм, гъуазджэм пэIэщIэу зэрыжаIэр пэжкъым, нэгъуэщI Iуэхущ абыхэм куэд зэрафIэмыгъэщIэгъуэныр. КъэхъугъэкIэ бей ди зэманым ахэр игъэудэфауэ къызыщыхъу щыIэми, сыт хуэдизу Интернетымрэ телефонымрэ зыIэпашэми, яфIэгъэщIэгъуэн здэщыIэм кIуэнущ. Ар къызгуригъэIуащ мы гъэлъэгъуэныгъэм .
КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къуэдзэ Карчаевэ Аминат зэIущIэр къыщызэIуихым, гъэлъэгъуэныгъэм зэритхьэкъуар ибзыщIакъым.
- Чэрим и Iыхьлы гъунэгъухэу Сиярэ, Якъуб сымэ я цIэхэр республикэм и щэнхабзэ тхыдэм дыщэ хьэрфкIэ хэтхащ. Зэрынэрылъагъущи, щIалэм абыхэм я Iуэхум хуэфащэу пещэ. Абы и япэ лэжьыгъэхэр плъыфэбэщ, зэманым декIущ икIи къызэрымыкIуэщ. Чэрим творчествэм и цIыхущ, абы и дуней лъагъукIэр, гупсысэ къэIуэтэкIэр телъыджэщ. Сынохъуэхъу уи ехъулIэныгъэмрэ зэфIэкIымрэ хэхъуэу, мурадхэм гъащIэ ептыфу упсэуну, - жиIащ Карчаевэм.
- СогъэщIагъуэ Чэрим и дуней лъагъукIэмрэ гъуазджэм абы хуиIэ бгъэдыхьэкIэмрэ. Адрей сурэтыщIхэм къагъэсэбэп Iэмалхэр мыбы нэгъуэщI зыгуэру «къегъэпсалъэ». ЩIалэгъуалэр къызэрымыкIуэу дехьэх абы и гупсысэ щIэщыгъуэхэм, зыми емыщхьхэм. И зэфIэкI убагъуэ! - жиIащ КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Темыркъан Геннадий.
Музейм и унафэщI Ремхен Еленэ къыщыпсалъэм къыхигъэщащ Акки-зов Чэрим и гъэлъэгъуэныгъэм, дапщэщи хуэдэу, щIэщыгъуэ куэд зэрыхэтыр, дяпэкIэ нэхъыбэжкIэ зэрыщыгугъыр.
Iуэхур зэхьэкIам псалъэ ирата щхьэкIэ, куэд жиIэн идакъым: «Си сурэтхэр си пIэкIэ ирепсалъэ. Дэтхэнэми фIэгъэщIэгъуэн гъэлъэгъуэныгъэм къыщигъуэтыну сыщогугъ». Чэрим къыхигъэщащ иджырей гъэлъэгъуэныгъэр и анэм тыгъэ зэрыхуищIыр.
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.
Щомахуэ Залинэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2804.txt"
} |
Гъэлъэгъуэныгъэхэм заубгъу
СурэтыщI-модельер ТIажь Альбинэ, Лъэпкъхэм я унэу Москва дэтыр, Урысейм и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэр зэгъусэу къызэрагъэпэщ гъуазджэмкIэ «Нартхэм я хъугъуэфIыгъуэ» дунейпсо сабий-ныбжьыщIэ фестиваль-зэпеуэ. ДэIэпыкъуэгъу мэхъу ЮНЕСКО-м и IуэхухэмкIэ УФ-м и комиссэр, УФ-м ЩэнхабзэмIэ и министерствэр, Москва, КъБР-м я правительствэхэр, УФ-м и Президентым и лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэр. «Нартхэм я хъугъуэфIыгъуэ» арт-проектым хуэдэ Урысейми хамэ къэралхэми щыплъагъунукъым. 2012 гъэм абы УФ-м и Правительствэм и саугъэтыр къыхуагъэфэщащ.
2019 гъэм Iуэхум и къызэгъэпэщакIуэхэм УФ-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэр щIыгъуу «Москва-Дамаск» арт-марафоныр ирагъэкIуэкIащ. БгъэIэпхъуэ хъу художественнэ гъэлъэгъуэныгъэхэр яшащ Москва, Мэздэгу, Псыхуабэ, Черкесск, Мейкъуапэ, Севастополь, Алуштэ, Агуий-Шапсыгъ, Сыхъум, Налшык, «Артек» сабий зыгъэпсэхупIэм. УФ-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм къыхилъхьэри, «Дзэ сымаджэщ 412» кIэзонэ IуэхущIапIэм и ещанэ къудамэм апхуэдэ зы Iуэху щрагъэкIуэкIащ. А сымаджэщым щагъэлъэгъуащ «Нартхэм я хъугъуэфIыгъуэхэр» X дунейпсо сабий-ныбжьыщIэ фестиваль-зэпеуэм щытекIуахэмрэ абы и лауреатхэмрэ, «Сирием мамырыгъэ щыIэну хъуейщ Урысейм и сабийхэр» арт-марафоным хэтахэм я IэдакъэщIэкI нэхъыфIхэр, КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI Бгъэжьнокъуэ Заурбэч и лэжьыгъэхэр, Урысейм и сурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт ТIажь Альбинэ и IэдакъэщIэкIхэр, Греков М. Б. и цIэр зезыхьэ студием и дзэ сурэтыщIхэм ящIахэр.
«Москва-Дамаск» арт-марафоным хэту «Сирием мамырыгъэ щыIэну хуейщ Урысейм и сабийхэр» гъэлъэгъуэныгъэр, УФ-м и библиотекэхэм и фондым щыщ тхылъ 120-м я гъэлъэгъуэныгъэр 2020 гъэм «Хмеймим» авиабазэм щыIащ.
Мы гъэм накъыгъэм и 19-м щегъэжьауэ фокIадэм пщIондэ «Москва-Дамаск» арт-марафоным хэту екIуэкIащ Урысей Ипщэмрэ Москварэ я сурэтыщIхэм я лэжьыгъэхэр зыхэта «Кавказыр жыжьэуи гъунэгъууи» бгъэIэпхъуэ хъу гъэлъэгъуэныгъэр, «Сирием мамырыгъэ щыIэну хуейщ Урысейм и сабийхэр» гъэлъэгъуэныгъэм щыщхэр, «Нартхэм я хъугъуэфIыгъуэ» сабий-ныбжьыщIэ фестиваль-зэпеуэм щытекIуахэм я IэдакъэщIэкIхэр.
Мы гъэм фокIадэм и 27-м щегъэжьауэ ягъэIэпхъуэ гъэлъэгъуэныгъэр щыIащ Москва, Урысейм ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм и дзэ-политикэ IуэхущIапIэ нэхъыщхьэм.
Жэпуэгъуэм и 20-м «Москва-Дамаск» арт марафоным хэту бгъэIэпхъуэ хъу гъэлъэгъуэныгъэ къыщызэIуахащ Урысей армэм и IуэхущIапIэ нэхъыщхьэм.
ТIажь Борис.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2805.txt"
} |
Къэралым хуэщхьэпэу
КъыхэтхыкIыныгъэ
Дызэрыщыгъуазэщи, жэпуэгъуэм и 15-м къыщыщIэдзауэ Урысей Федерацэм щокIуэкI, упщIэу къагъэувахэм щхьэж зэрыхуейм хуэдэу жэуап иритыну хуитыныгъэ щиIэ къыхэтхыкIыныгъэхэр.
Абы папщIэ щIыналъэхэм къыщызэрагъэпэщащ дэтхэнэри зэрыхуейуэ зэкIуалIэ хъуну щIыпIэ хэхахэр. Ди республикэр къэтщтэнщи, зи гугъу тщIы Iуэхугъуэр цIыхухэм ящыгъэпсынщIэным хуэгъэзауэ, Къалэн куэд зыгъэзащIэ республикэ центрым къалэхэмрэ къуажэхэмрэ щиIэ и къудамэхэу 12-м я деж къыщызэIуахащ къыхэтхыкIыныгъэхэр хабзэм тету щрагъэкIуэкI щIыпIэ хэхахэр.
Къэрал статистикэмкIэ федеральнэ къулыкъум Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щиIэ и къудамэм и унафэщIым и къуэдзэ Гъащтэ Аурикэ хъыбар зэрыдигъэщIамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щагъэхьэзыращ къыхэтхыкIыныгъэхэр езыгъэкIуэкIыну IэщIагъэлIхэу мини 2-м нэблагъэ. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми Iэрагъэхьащ я лэжьыгъэм зэрыхуэщIам щыхьэт техъуэ дэфтэрхэмрэ зыхуэзэхэм къызэрацIыхуну нагъыщэхэмрэ.
СтатистикэмкIэ къулыкъум щылажьэхэм къыхэтхыкIыныгъэм хэтхэм иджыри зэ ягу къагъэкIыж дуней псом зыщызыукъуэдия Covid 19 узыфэ бзаджэм зэрызыщахъумэн Iэмалхэри фIэкIыпIэншэу къызэрагъэсэбэпыпхъэр.
Жэпуэгъуэм и 18-м къыщыщIэдзауэ щэкIуэгъуэм и 14-м нэсыху екIуэкIыну къыхэтхыкIыныгъэхэм къитIасэу, фэтэрхэмрэ уней лъапсэхэмрэ къызэхэзыкIухьыну IэщIагъэлIхэм, дэтхэнэми хуэзэу, цIыху 550-м нэблагъэ къызэщIаубыдэну я къалэнщ.
Мыдрейуэ. Интернет IэмалхэмкIэ къыхэтхыкIыныгъэм хэтыну хуейхэм къэрал IуэхутхьэбзэхэмкIэ gosuslugi. ru порталым деж къыщызэрагъэпэща «екIуэлIапIэм» зыщрагъэтхыну хуитыныгъэ яIэщ.
ЛУЦЭ СулътIан.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2806.txt"
} |
Бырхьэмым и япэ текIуэныгъэ ин
Америкэм и Штат Зэгуэтхэм и Финикс къалэм щекIуэкIащ Bellator 268 зэзауэ зэхэтхэмкIэ зи чэзу зэхьэзэхуэ. Абы япэу утыку къыщихьащ Къбэрдей-Балъкъэрым щыщ спортсмен цIэрыIуэ, зэIущIэ куэдым щытекIуа ди лъэпкъэгъу Бырхьэм Мухьэмэдрэ США-м щыщ Уиллис Джалилрэ.
ЗэIущIэр япэ Iыхьэм хухаха зэманыр и кIэм нэмыс щIыкIэ судьяхэм къагъэувыIащ. Адыгэ щIалэм и тепщэныгъэм пигъэувыфын зимыIэ американ зэуакIуэм зитын хуей хъуащ.
Иджырейм ипэкIэ мыпхуэдэ зэхьэзэхуэшхуэ Бырхьэмыр щыхэтар 2019 гъэм и шыщхьэуIурщ. АСА 97-м абы къыщыпэщIэтащ бразил спортсмен Родригес Сиро. Судьяхэр псори зэдэарэзыуэ зэIущIэм Мухьэмэд текIуэныгъэр къыщыхуагъэфэщащ.
Уиллис нэхъапэкIэ иригъэкIуэкIа зэIущIэм щыхуэзауэ щытащ и лъэпкъэгъу Мендонк Майкон. Bellator 259 зэхьэзэхуэм мы гъэм и накъыгъэм екIуэкIар Джалил и текIуэныгъэкIэ иухащ.
Ди лъэпкъэгъум дохъуэхъу япэ зэIущIэм текIуэныгъэ ин къызэрыщихьамкIэ, адэкIи ехъулIэныгъэ иIэну ди гуапэщ.
Жыласэ Замир.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2807.txt"
} |
БАГЪ ИННЭ И ЗЭФIЭКI
Нобэ зи гугъу фхуэсщIыну хъыджэбзыр ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и артист Багъ Иннэщ. Ар зэрысабийрэ а IэщIагъэм щIэхъуэпсу къэхъуахэм ящыщкъым. Зэрыхъуаращ. Налшык къалэ дэт курыт еджапIэ №26-р къиуха иужькIэ, уэрэджыIакIуэ хъуну щIэхъуэпс пщащэр ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым щIэтIысхьэну кIуати, и уэрэд жыIэкIэр ягу ирихьащ, ауэ тхьэкIумэфIагъым елэжьын хуейт. Зэманыр пщIэншэу ямыгъэкIуэн папщIэ Иннэ и адэ-анэм КъБКъУ-м и Финансхэмрэ и кредитхэмрэ къудамэм щIагъэтIысхьэну къыхуагъэлъэгъуат. Ауэ… НатIэм итым уфIэкIынукъым. Абы ирихьэлIэу я благъэ цIыхубз къэпсалъэри Щукиным и цIэр зезыхьэ театр училищэм щIагъэтIысхьэну адыгэ гуп къызэрыхахым и хъыбар къыжриIащ...
Нобэ ди псэлъэгъущ Багъ Иннэ:
- Финансисту семыджэн щхьэкIэ, дэнэ сыщIэтIысхьэми здэт, къыддогуашэ Къэбэрдей драмэ театрым и артист цIэм иджы ирипагэу зезыхьэ пщащэр. - Театрым и художественнэ унафэщI Фырэ Руслан училищэм щIагъэтIысхьэнухэр къыхихыну къыдэпсалъэрти, «Фи деж уэрэд щыжаIэрэ?», - къызжьэдэхури зысхуэмышыIэу сыщIэупщIат. Руслан къысщыдыхьэшхри, экзаменхэм зызгъэхьэзырыну къызжиIат.
ГъащIэм зыри щхьэусыгъуэншэу къыщыхъуркъым, ар дэ къыдгурымыIуэ щхьэкIэ. Щукиным и цIэр зезыхьэ училищэм сыщыщIэтIысхьам театрыр зищIысыр и кIэм нэсу сщIэуэ щытакъым. Ауэ иужькIэ абы апхуэдизкIэ сыдихьэхати, къызэзнэкIа гугъуехь псори зыхэсщIакъым.
Артист IэщIагъэр къызэрыхэсхам сигу щызу япэу сыщыщыгуфIыкIар, насыпыфIэу зыкъыщыслъытэжар япэ ролыр къыщызатарщ. Абы щыгъуэм етIуанэ курсым дыщIэст. ИужькIэ, Коренинэ Аннэ си щхьэ закъуэкIэ къасщтэу щызгъэувам, IэщIагъэр си пкъынэ-лъынэм зэрыхыхьар, абы сызэримыутIыпщынур къызгурыIуащ.
- Адыгэ театрыр сыт уи дежкIэ?
- Си гъащIэщ. Арыншауэ си дунейр си нэгу къысхущIэгъыхьэкъым. Сыт щыгъуи аращ си гупсысапIэр. Мыбы щызгъэзащIэ сыт хуэдэ спектаклри гуимыхужщ. Роль къэс дуней зырыз къагъэщI. «Лъагъуныгъэм и къару», «Си адэшхуэм къызэришэжар», «Диплом» спектаклхэм сыхэтщ. ГъащIэм нэ жанкIэ хэплъэ, хьэл зэмыщхь зыхэлъ цIыхухэм я ролщ абыхэм щызгъэзащIэр.
- Сыбэч Быхуэ и фэеплъ фильмым лIыхъужь нэхъыщхьэу ухэтащ. Ар япэу фильмхэм щыбгъэзащIэ роль?
- ЕтIуанэщ. Япэу сызыхэтар «Троллейбус времени» фильмырщ.
- Сэ сызэрыщыгъуазэмкIэ, къэралым и къалащхьэм и театрым утыку укъыщихьащ. Абы и гугъу къытхуэщIыт.
- Япэ курсым щегъэжьауэ Вахтанговым и цIэр зезыхьэ театрым массовкэу дыщыджэгурт. Абы щылажьэ артист цIэрыIуэхэм сатхьэкъурти, япэхэм деж сщIэн хуейхэр зэтеубыдауэ схуэгъэзащIэртэкъым. Мо артистышхуэхэм си нэр тенауэ сеплъу сыувыжырт. Залым ущIэсу ахэр плъагъунымрэ я гъусэу сценэм уитынымрэ зэщхьэщыкIыныгъэшхуэ яIэщ. Абыхэм къагъэсэбэп джэгукIэм узэщIеубыдэ. Абы дыщыкIуэнур къытхуэмыгъэсу дежьэрт - мо артист инхэм дабгъурытыныр дэркIэ насып инт. Езыхэри актёр балигъ хуэдэу къытхущытт, чэнджэщ дыхуеймэ къыддэIэпыкъуну хьэзырт. Куэд дыдэм дыхуагъэсащ. СынасыпыфIэу зызолъытэжыр апхуэдэ артист инхэм сазэрыбгъурыта къудейм щхьэкIэ.
- Уэ узэреплъымкIэ, иджырей щIалэгъуалэм театрыр фIыуэ ялъагъурэ?
- Училищэр къэзухыу театрым лэжьэн щыщIэздзам гъуазджэр сэ фIыуэ зэрыслъагъум хуэдэу псоми езгъэлъагъуну, абы цIыхугъэу сиIэр къесшэлIэну куэдрэ яужь ситащ. ЦIыхухэм къалэн куэд я пщэ дэлъщи, я Iуэхум къытепчыныр икъукIэ гугъущ. Си унагъуэр театрым щекIуэкI спектаклхэм, сызыхэтхэми сызыхэмытхэми, къызошалIэ, си цIыхугъэхэми театрым и IэфIыр къезгъэщIэну сыхущIокъу. Ауэ мыр згъэунэхуащ - театрым къекIуэлIауэ хущIегъуэжа срихьэлIакъым.
- Театрым ехьэлIауэ уиIэ хъуэпсапIэхэмкIэ укъыддэгуэшамэ арат.
- ХъуэпсапIэу сиIэм я гущIыIу къысфIэкIуэр, спектаклым и гупсысэр абы еплъхэм я деж нэсхьэсыфынырщ, театрым къекIуалIэхэм гупсысэ пыухыкIа ягу къыщыдгъэушынырщ. Сэ артист къалэну зыхуэзгъэувыжыр, нэхъыбэрэ утыкум ситынракъым, е роль нэхъыбэ згъэзэщIэнракъым, атIэ утыку ихьэгъуэ къэс гуимыхуж сщIынырщ, ар иреролышхуэ е ирецIыкIу.
Епсэлъар ЩОМАХУЭ Залинэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2808.txt"
} |
Псалъэм и купщIэр
Пщы хъуэж. Пщырэ пщылIрэ щыщыIа зэманым адыгэхэм яхэлъа хабзэщ. Хабзэм тету пщымрэ уэркъымрэ зэгурыIуэрти зэувалIэрт уэркъым пщым къулыкъу хуищIэну. Уэркъыр пщым и гъусэу зэуакIуэ кIуэрт, абы жиIэр ищIэрт, пщыр къыщеджэм и деж къэгъазэ имыIэу и Iуэхур дызэфIигъэкIырт. А къулыкъум пэкIуэу пщым уэркъым иритырт щIы Iыхьэ, пщылI зыбжанэ, Iэщ, Iэщэ-фащэ. Хабзэм къызэриубыдымкIэ, пщым уэркъым и жагъуэ ищIмэ, абы и уэркъ тыныр пщым иритыжырти, нэгъуэщI пщым и деж кIуэрт, къулыкъу хуищIэну. Уэркъыр нэгъуэщIыпщым и деж кIуамэ, абы пщы хъуэжкIэ еджэу щытащ.
Пщым я пщыж. Феодальнэ лъэхъэнэм Къэбэрдейр пщыгъуэпщыгъуэу гуэшауэ щытащ. Пщыгъуэ къэсыхункIэ езым япщ яIэжт, ауэ абы къыщымынэу зэрыкъэбэрдейуэ зы пщышхуэ хахырт пщым я пщыжкIэ еджэу. А къалэныр пщыгъуэхэм гъуэрыгъуэурэ къалъысырт.
ПэкIу. Хэку Iуэхум теухуауэ унафэ пыухыкIа къыщащтэр арщ. ПэкIум хыхьэу щытар пщыхэмрэ уэркъхэмрэ я лIыкIуэхэрт. Пщыхэр щхьэхуэу зэхэтIысхьэрт, уэркъхэри абыхэм япэмыжыжьэу щхьэхуэу тIысхэрт. ГупитIым я зэхуакум зы лIыкIуэ итт, пщыхэм я Iуэху еплъыкIэр уэркъхэм яжриIэу, уэркъхэм ейр пщым яжриIэжу.
Апхуэдэурэ гупитIым ящIа унафэр зрагъащIэурэ, псори арэзы зыхуэхъу унафэм къытеувыIэхэрт. ПэкIур нэхъ щIызэхуэсу щытар зауэ Iуэхугъуэхэм, нэгъуэщI къэралхэм зэрахущытын хуейм тепсэлъыхьыну арат.
Хасэ. Нарт IуэрыIуатэм щыщщ. Абы къызэрыхэщымкIэ, нартхэр илъэс къэс зэ зэхуэсу щытащ, хасэкIэ еджэу. Хасэм щызэхуэсахэр нарт Iуэхухэм тепсэлъыхьт, зэрыпсэун унафэ къащтэрт, тхьэ елъэIурт, джэгукIэкIэ зэпеуэрт. Хасэм нэхъыжьри, нэхъыщIэри, цIыхухъури, цIыхубзри зэхэдз имыIэу хыхьэрт. Хасэм лъэпкъкIэ, къулейкъулейсызкIэ зэхэгъэж ищIыртэкъым.
Хасэ мывэ. IуэрыIуатэм зэрыхэтымкIэ, Псыжь и къежьапIэхэм унэ щытащ адыгэхэм хасэ щрагъэкIуэкIыу. А унэм мывэшхуэ бгъэдэлът, мывэшхуэ хасэкIэ еджэу, абы шы лъэкъуапIэрэ хьэ лъапэрэ къыхэгъэжыкIауэ тетт. Мывэм гъуанэ иIэт, цIыхум пэж жиIэрэ пцIы жиIэрэ къращIэн щхьэкIэ ирагъапщхьэу. ЦIыхур сыт хуэдизу мыпсыгъуэми, пцIы жиIэмэ, а гъуанэм ипщыфыртэкъым, сыт хуэдизу мыгъумми, пэж жиIэмэ ипщыфырт.
ГукIэ къузыбжьэ. Мэкъумэш е мэз щIыхьэху щащIам деж псом яужь иту къэзыгъэзэжам фадэбжьэ иратырти ехъуэхъурт дяпэкIэ яужь къимынэу сыт щыгъуи пашэу щытыну. А фадэбжьэм гукIэ къузыбжьэкIэ еджэрт. Хабзэр щагъэзащIэу щытар Къызбрун, Зеикъуэ къуажэхэрщ.
Гъуэрыгъуэ мэкъуауэ. Зы унагъуэ къарукIэ зи мэкъу Iыхьэр пызымыупщIыжыфхэр гуп-гупурэ зэгухьэрти, зэдэIэпыкъуурэ я мэкъур паупщIырт. ПхъэидзэкIэ унагъуэхэр зэрызэкIэлъыкIуэнур яубзыхурти, зы махуэм зым и мэкъум щыщ паупщIырт, етIуанэ махуэм къыкIэлъыкIуэм ейр. Апхуэдэу къытрагъэзэжурэ, псом я мэкъури паупщIырт. Хабзэр щагъэзащIэу щытар Къармэхьэблэщ. Ди зэманым кIуэдыжащ.
Думэн Хьэсэн зэритхыжамкIэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2809.txt"
} |
ПцIыр Iуэху джэгукъым
ГурызыгъаIуэ
2017 гъэм дыгъэгъазэм и 31-м къыдэкIа Федеральнэ закон №501-ФЗ-м ипкъ иткIэ УФ-м и Уголовнэ кодексым и 205-нэ, 207-нэ статьяхэмрэ Уголовнэ-процессуальнэ кодексым и 151-нэ статьямрэ зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьащ. Абыхэм ягъэткIий террорист щIэпхъаджагъэ ялэжьын хуэдэу хъыбарыпцI зэрырагъащIэм къыхэкIыу яхь жэуапыр, апхуэдэу ягъэтэмэм зи гугъу тщIы щIэпхъаджагъэм хуэдэхэр зэхащIыхьыну хъыбарыпцIхэр зэбгрезыгъэххэм яхуэгъэза уголовнэ Iуэхухэр зэрызэхагъэкIыр.
Абы зэгъэзэхуэныгъэхэм ятепщIыхьмэ, псэуныгъэм егъэщIылIа IэнатIэхэм хиубыдэ IуэхущIапIэхэм, еджапIэхэм, сабий садхэм, IуэхутхьэбзэщIапIэхэм-зыгъэпсэхупIэхэм, я узыншагъэр щрагъэфIакIуэхэм, спорт зэхьэзэхуэхэр щрагъэкIуэкIхэм-къагъэуэну, ягъэсыну, шынагъуэ зыпылъ нэгъуэщI къэхъукъащIэхэр иращIэкIыну загъэхьэзыр хуэдэу хъыбар нэпцI зэбгрезыгъэххэр жэуап нэхъ ткIийм ирашэлIэнущ: ахэр илъэси 3-м къыщыщIэдзауэ илъэси 5-м нэскIэ ягъэтIысынущ (нэхъ пIалъэ мащIэ къыщыгъэлъэгъуакъым).
Властым и органхэм я лэжьыгъэр къызэпаудын мурадкIэ зэхащIыхьа апхуэдэ щIэпхъаджагъэхэр зэхэзыщIыхьхэр ягъэтIысынущ, илъэси 6-м къыщыщIэдзауэ 8-м нэс тралъхьэнурэ. Мыбдеж цIыху щыхэкIуэдамэ е нэгъуэщI бэIутIэIу хьэлъэхэр кърикIуамэ, пIалъэр илъэси 8-м къыщыщIэдзауэ 10-м щынос.
КъБР-м и прокуратурэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "281.txt"
} |
ЩIыналъэхэм я зыужьыныгъэм толажьэ
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ КИФЩI-м хыхьэ щIыналъэхэм я экономикэ зыужьыныгъэр зэраубзыхуным теухуауэ УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Новак Александр иригъэкIуэкIа зэIущIэм.
Вице-премьерыр щагъэгъуэзащ Кавказ Ищхъэрэм и экономикэ зыужьыныгъэм и лъабжьэу щIыналъэхэм зэхагъэува проектхэм икIи тепсэлъыхьащ ахэр яхуэгъэзащIэмэ, хэгъэгухэм зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр зэрыщекIуэкIыным. Апхуэдэ лэжьыгъэр ирагъэкIуэкI УФ-м и Правительствэм и УнафэщI Мишустин Михаил КИФЩI-м и щIыналъэхэм я экономикэ щытыкIэр егъэфIэкIуэнымкIэ чэнджэщ пыухыкIахэр къэгъэлъэгъуэным теухуауэ пщэрылъ ящищIа Iуэхур гъэзэщIэным ипкъ иткIэ.
Утыку кърахьа лэжьыгъэхэр зыхуэдэр зригъэщIа нэужь, Новак Александр жиIащ щIыналъэхэм а Iуэхум епхауэ щыIэ ведомствэхэр зэщIагъэуIуэу проектхэм хэлэжьыхьыжыну, хэгъэгухэм щыпсэу цIыхухэм я социальнэ, экономикэ щытыкIэм зегъэужьынымкIэ абы мыхьэнэшхуэ зэриIэр къалъытэу.
- Социально-экономикэ гъащIэр егъэфIэкIуэнымкIэ мурадышхуэхэр зыхуэзыгъэувыж, абы и лъэныкъуэкIэ жыджэру хэкIыпIэхэр къэзыгъэлъагъуэ дэтхэнэ зы щIыналъэми УФ-м и Правительствэр сыт и лъэныкъуэкIи дэIэпыкъуэгъу хуэхъунущ, - жиIащ вице-премьерым.
- Зыхуэдгъэувыжа къалэнхэр зэдгъэхъулIэнымкIэ Кавказ Ищхъэрэм и зыужьыныгъэм зы еплъыкIэ худиIэн хуейщ. ЩыIэ Iэмалхэм ящыщу щIыналъэхэм я экономикэ зыужьыныгъэм нэхъ хуэкIуэр къэдгъуэтыфыным мыхьэнэшхуэ иIэщ. Ди къалэн нэхъыщхьэр хэгъэгухэм я жэрдэмхэмрэ федеральнэ органхэм я еплъыкIэхэмрэ зэхуэдгъакIуэу, Iуэхур едгъэжьэнырщ, - жиIащ УФ-м экономикэ зыужьыныгъэхэмкIэ и министр Решетников Максим.
ТХЬЭХУЩЫНЭ Ланэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2810.txt"
} |
УФ-м и паспортыр зэратым зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьэ
КъБР-м и прокуратурэм хъыбар фегъащIэ
Хабзэм къызэригъэувымкIэ, зи ныбжьыр илъэс 20, 45-рэ хъуа цIыхухэм я паспортыр зэрахъуэкI. Нэхъапэм а ныбжьым узэрынэсу тхылъым къару имыIэжу хъурт, абы къыхэкIыу щIэ къыдэхыным занщIэу иужь ихьэн хуейт. Иджы паспортыщIэр къыпIэрыхьэхукIэ жьым и пIалъэр икIыркъым, ауэ а Iуэхур махуэ 90-м къриубыдэу зэфIэгъэкIыпхъэщ.
УФ-м и Правительствэм 2021 гъэм бадзэуэгъуэм и 15-м къыдигъэкIа унафэ №1205-м ипкъ иткIэ, Урысей Федерацэм и цIыхум и паспортым теухуа хабзэм зэхъуэкIыныгъэхэр игъуэтащ. Апхуэдэу зи ныбжьыр илъэс 14 ирикъуахэм махуэ 90-м къриубыдэу я япэ паспортыр къызэрыратынымкIэ тхылъхэр щIалъхьэн хуейщ. Япэм а Iуэхум махуэ 30 хухыхыу арат.
2022 гъэм бадзэуэгъуэм и 1-м щегъэжьауэ урысей паспорт ягъэхьэзырыным махуитху нэхърэ нэхъыбэ трагъэкIуэдэнукъым, абы щыгъуэми лъэIу тхылъыр щепта щIыпIэм (ущыпсэууэ ущатха е пIалъэкIэ уздэщыIэ щIыпIэ) мыхьэнэ иIэнукъым. Иджыпсту ущыпсэууэ ущатха щIыпIэм щыIэ IуэхущIапIэм лъэIу тхылъыр щIэплъхьамэ, паспортыр ягъэхьэзырыным махуи 10 токIуадэ, пIалъэкIэ уздэщыIэм Iуэхум иужь ущихьэмэ, махуэ 30-кIэ упэплъэнущ.
ЦIыхухэм я паспортыр хуэсакъыу яхъумэн хуейщ. Ар пфIэкIуэдмэ, административнэ жэуапым (ст.19.16 КоАП РФ) урашэлIэнущ.
Паспортыр пфIэкIуэдамэ, Iэмал имыIэу УФ-м Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министерствэм и щIыналъэ къудамэм хъыбар ебгъэщIэн хуейщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2811.txt"
} |
ЩIэныгъэм и утыкушхуэм ихьэфа адыгэ щIалэ
Зэрыадыгэ дунейуэ щIэгушхуэ хъун хъыбарыфI иджыблагъэ къэIуащ. 2021 гъэм жэпуэгъуэм и 26-м Урысей Федерацэм щIэныгъэмрэ щIэныгъэ нэхъыщхьэмкIэ и министр Фальков Валерий и унафэкIэ Урысейм щIэныгъэхэмкIэ и академием Геохимиемрэ щIэнхутэ химиемкIэ и институтым и унафэщIым и къалэнхэр игъэзэщIэну Хьэмыз Руслан Хьэжсет и къуэр трагъэуващ.
Хьэмыз Руслан Хьэжсет и къуэр химие щIэныгъэхэм я докторщ, профессорщ, Урысейм щIэныгъэхэмкIэ и академием Геохимиемрэ щIэнхутэ химиемкIэ и институтым, Вернадский В. И. и цIэр зезыхьэм, сорбцие Іэмалхэм я лабораторэм и унафэщIщ икIи абы и щIэныгъэ лэжьакIуэ пашэщ. Хьэмыз Руслан РАЕН-м, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием я академикщ. «Радий» щIэныгъэ-производственнэ IуэхущIапIэ» зэгухьэныгъэм и унафэщIхэм я советым хэтщ.
Дзэлыкъуэ щIыналъэм хыхьэ Къармэхьэблэ къуажэм 1955 гъэм ар къыщалъхуащ. Курыт еджапIэр 1972 гъэм дыщэ медалкIэ, Ломоносов Михаил и цIэр зэрихьэу Мэзкуу дэт къэрал университетым и химие факультетыр 1977 гъэм диплом плъыжькIэ къиухащ. Хьэмызыр ящыщщ физическэ химие щIэныгъэмкIэ дунейм щынэхъ цIэрыIуэ IэщIагъэлIхэм. Абы и Iэдакъэ къыщIэкIащ щIэныгъэ лэжьы-гъэу 200-м щIигъу, монографиеу 6 США-м къыщыдигъэкIащ.
ЮНЕСКО-м «ПсэукIэр къызэзыгъэпэщ Iэмалхэр» и махуэгъэпсыр щагъэхьэзырым Хьэмызыр ирагъэблагъэри, абы хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ а лэжьыгъэр зэпэщу дунейм къытехьэным. Къыхилъхьа IуэхугъуэщIэхэм папщIэ, патент 50 къратащ, абыхэм США-м, Японием, Израилым, Германием, Франджым, нэгъуэщI къэрал зыбжанэм ейуэ 15 яхэту. Хьэмызым иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэ купщIафIэхэм кърикIуахэм Iэмал къат химие технологием IэмалыщIэхэр къыщызэIуахынымкIэ, псалъэм папщIэ, ХХI лIэщIыгъуэм къэув къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщ зым - щIыуэпсым емыгуауэ икIи хэщIыныгъэ къэзымыт лэжьэкIэр и лъабжьэу зэтеухуауэ, хыпсыр гъэкъэбзэным, псы къабзэрэ цIыхум къигъэсэбэп хъуну нэгъуэщI пкъыгъуэ лъапIэхэмрэ абы къыхэхыным - хуэунэтIа лэжьыгъэхэр зэтеублэнымкIэ. ЩIэныгъэлIым и къэхутэныгъэхэр я тегъэщIапIэу, Урысейм щаухуэ ткIуэпс зырызурэ псыр къэкIыгъэхэм щыщIагъэхьэкIэ къагъэсэбэп хъуну, хэхъуэ къэзыт щIыгъэпшэрхэр къыщIэзыгъэкIыну япэ заводыр. Апхуэдэ щIыгъэпшэрхэр иджыпстукIэ Европэ Зэгухьэныгъэм хыхьэ къэралхэм кърашу аращ.
Хьэмыз Руслан Урысейм щIэныгъэмкIэ и къэпщытакIуэ комиссэ нэхъыщхьэм (ВАК) химие технологиемкIэ и советым, Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и академием щIэнхутэ химиемкIэ и ЩIэныгъэ советым хэтщ, РАН-м и ЩIэныгъэ советым физическэ химиемкIэ и унафэщIым и къуэдзэщ, РАН-мрэ Ломоносов Михаил и цIэр зезыхьэ Мэзкуу дэт къэрал университетымрэ я щIэныгъэ, диссертацэ советхэми щIэныгъэ журнал зыбжанэми я редколлегиехэми ядолажьэ.
Хьэмызым «Eureka» Европей щIэныгъэ зэгухьэныгъэм и дыщэ медалыр къыхуагъэфэщащ.
Руслан нэгъэсауэ адыгэгу зыкIуэцIылъ, лъэпкъыр фIыуэ зылъагъу хэкупсэ щIалэщ. АнэдэлъхубзэркIэ гупсысэ щIалэм щIэныгъэм хуищI хэлъхьэныгъэм къыщыувыIэркъым и зэфIэкIыр. Абы адыгэбзэм къригъэтIэсащ Хэку зауэшхуэм и зэманым яуса урыс уэрэд цIэрыIуэхэм ящыщ зыбжанэ, зэридзэкIащ Пушкин Александр и «Евгений Онегин» поэмэ цIэрыIуэр. ЗэдзэкIыгъэхэм къагъэлъэгъуащ щалъхуа хэкум пэIэщIэ пэтми, щIэныгъэлIыр адыгэбзэм зэрыхуэIэкIуэлъакIуэр, псалъэм и къыхэхынымрэ и зэпыгъэувэнымрэ зэрыхуэсакъыр.
Ди лъахэгъум къыхуагъэфэща пщIэм, кърагъэза дзыхьым дыщогуфIыкI. Адыгэм и щхьэр лъагэу щIилъагъужын мы ехъулIэныгъэ дахэм хэхъуэу, нэхъ лъагэжу зиIэту, и гукъыдэж мыкIуэщIрэ и зэфIэкIым зиубгъуу, и узыншагъэри пэлъэщу куэдрэ лэжьэну ди гуапэщ.
Хьэмыз Руслан дедгъэкIуэкIа псалъэмакъым «Адыгэ псалъэ» газетым и къыдэкIыгъуэхэм языхэзым фыкъыщеджэ хъунущ.
ТАБЫЩ Мурат.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2812.txt"
} |
Урысейпсо кинофестивалыр Налшык щокIуэкI
Налшык и Музыкэ театрым жэпуэгъуэм и 27-м къыщызэIуахащ «Къэбэрдей-Балъкъэрыр - илъэси 100» урысейпсо кинофестивалыр, республикэм и къэралыгъуэр къызэрыунэхурэ илъэси 100 зэрырикъум траухуар. Коронавирус уз зэрыцIалэм и зэранкIэ щIыналъэм щыщыIэ щытыкIэр нэхъыкIэ зэрыхъуам къыхэкIыу ар зэпэIэщIэу (онлайн Iэмалым тету) къызэрагъэпэщ.
- Зи чэзу урысейпсо кинофестивалыр Налшык къыщызэIудох. ГъащIэм куэдрэ ущрохьэлIэ политикхэм нэхърэ гъуазджэм и цIыхухэм зэфIэкI нэхъыбэ къыщызэкъуах. ЦIыхупсэхэр гъунэгъу зэхуэхъунымкIэ артистхэр дэIэпыкъуэгъу щыхъукIэ, абыхэм яку зэныбжьэгъугъэ къыдохъуэ. Языныкъуэхэм зэхамыщIыкIми, мы иджырей фестивалыр и щыхьэтщ цIыхухэм ди зэкъуэтыныгъэр, щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ зегъэужьыныр, зыр адрейм гуфIэгъуэрэ дахагъэкIэкIэ дэгуэшэныр, хьэщIагъэ кIэлъызехьэныр зы узыфэми эпидемиеми зэрызэпамыудыфынум. НэкIуIупхъуэхэр зыIувгъэлъыну, вакцинэр зыхевгъалъхьэу зыфхъумэжыну псори фыкъыхузоджэ, - жиIащ республикэм щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин пшыхьыр къыщызэIуихым.
Налшык щекIуэкIыр дунейпсо щэнхабзэ Iуэху дахэ хъуащ. Музыкэ театрым и утыкум республикэм щыпсэухэмрэ и хьэщIэхэмрэ зыкъыщыхуагъэзащ УФ-м и цIыхубэ артисткэ Рязановэ Раисэ, СССР-м и цIыхубэ артисткэ Кириенкэ Зинаидэ, УФ-м и цIыхубэ артист Скляр Игорь, Урысейм щIыхь зиIэ и артистхэу Колесников Сергейрэ Кюрдзидис Эвклидрэ, актёр цIэрыIуэхэу Запорожский Макар, Сагдулаев Рустам, Орлянский Пауль сымэ.
Апхуэдэу къытхуеблэгъащ Германием, Къэзахъстаным, Узбекистаным, Армением, Беларуссием я кинематографистхэр. Актёр Колосов Максим гъэхуауэ къеджащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэхэу КIыщокъуэ Алимрэ Кулиев Къайсынрэ я усэ купщIафIэ-хэм.
Зэраубзыхуам тету, фестивалым и программэм хыхьэу театрымрэ киномрэ я артистхэм ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым концерт гукъинэжхэр щатынущ. Кинофестивалым щагъэлъэгъуэнущ «Амурская осень» фестивалым и саугъэт нэхъыщхьэр зыхуагъэфэща «Райцентр», Венецием щекIуэкIа фестивалым щагъэлъэгъуа «Яблоки», «Восток - Запад. Золотая арка» дунейпсо кинофестивалым «Дебют нэхъыщхьэ» унэтIыныгъэм лауреат щыхъуа «Начало» лэжьыгъэхэр, «Весури», «Детство Чика», «Жаным, ты не поверишь», «Красный призрак», «Маленький воин», «Ничей», «Под гнездом аиста» фильмхэр, «Пограничное состояние» киноальманахыр, цIыхубэм фIыуэ ялъэгъуа нэгъуэщI лэжьыгъэхэр. Абыхэм еплъыну Iэмал яIэщ уз зэрыцIалэм зэрыпэщIэт хабзэхэр зыгъэзащIэхэм.
- Фестивалыр - киногъэлъэгъуэныгъэ къудейкъым, атIэ Урысей Федерацэм и театрымрэ киномрэ я артистхэм я зэIущIэхэр, концерт гукъинэжхэр, актёр IэзагъэхэмкIэ мастер-классхэр, республикэм и район зэмылIэужьыгъуэхэм къыщызэрагъэпэщыну зэхыхьэ гукъинэжхэр къызэщIэзыубыдэ Iуэхугъуэ дахэщ, - жиIащ зэхуэсым и унафэщI, продюсер икIи киновед Новожилов Сергей.
Фестивалыр жэпуэгъуэм и 31 пщIондэ зэхэтынущ. Ар щызэхуащIыжыну иужьрей гуфIэгъуэ пшыхьыр игъэдэхэн папщIэ Минск къикIыу Налшык къытхуеблэгъэнущ «Чистый голос» белорус уэрэджыIакIуэ гупым хэт Тышко Аким.
КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министерствэм и YouTube-каналымрэ республикэм и «1 КъБР» телеканалымкIэ кинофестивалым иращIэкI пшыхьхэр къызэрыщатым пащэнущ.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2813.txt"
} |
Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Беларусымрэ зэгуроIуэ
КъБР-м и Правительствэм жэпуэгъуэм и 27-м КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек щыIущIащ Беларусь Республикэм хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ и министр Перцов Владимиррэ лэжьакIуэ гупымрэ. Зэхыхьэр къызэрагъэпэщащ лъэныкъуэхэр зэрызэдэлэжьэнум теухуауэ яубзыхуа, нэгъабэ фокIадэ мазэм Беларусымрэ Урысеймрэ я VII зэхуэсышхуэм хыхьэу зэращIылIа зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ. ЗэIущIэм Iэ щыщIадзащ 2022 - 2023 гъэхэм республикитIыр зэрызэдэлэжьэнум теухуауэ зэращIылIа зэгурыIуэныгъэм.
Зэхыхьэм хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, абы и япэ къуэдзэ Говоров Сергей, промышленностымкIэ, энергетикэмрэ сату IуэхухэмкIэ министр Iэхъуэбэч Щамил, щэнхабзэмкIэ министр Къумахуэ Мухьэдин, экономикэ зыужьыныгъэхэмкIэ министр Рахаев Борис, мэкъумэш хозяйствэмкIэ министр Сыжажэ Хьэсэн, «КъБР-м и сату-промышленнэ палатэ» зэгухьэныгъэм и унафэщI ГъукIэлI Хьэсэн, «За единение - Сябры» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и Iэтащхьэ Сидорук Павел. Беларусым и посольствэу Урысейм щыIэм Дон Iус Ростов щиIэ къудамэм и унафэщI Тимохин Денис, Беларусь Республикэм и сату-промышленнэ палатэм дунейпсо зэпыщIэныгъэхэмкIэ и управленэм и унафэщI Кураш Наталье, «ТД Палессе-Юг» ООО-м и генеральнэ унафэщI Ерёменкэ Дмитрий, «Дилерский центр Юг» ООО-м сату IуэхухэмкIэ и менеджер нэхъыжь Филатовэ Наталье сымэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2814.txt"
} |
Дэфтэр нэхъыщхьэм хоплъэ
КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ иригъэкIуэкIащ Хабзэхэр къыдэзыгъэкI орган нэхъыщхьэм и Президиумым хэтхэм я зи чэзу зэIущIэ.
Ахэр нэхъыщхьэу зы- тепсэлъыхьар «2022 гъэм КъБР-м и республикэ бюджетымрэ 2023 - 2024 гъэхэм тещIыхьамрэ ятеухуауэ» зако-нырщ. КъБР-м и Парламентым БюджетымкIэ, налогхэмрэ финанс рынокымкIэ и комитетым и унафэщI АфэщIагъуэ Михаил зэрыжиIамкIэ, депутатхэм я пащхьэ къралъхьа дэфтэрыр УФ-м и Бюджет кодексымрэ КъБР-м и Хабзэмрэ къагъэув мардэхэм йозагъэ.
- КъБР-м и Республикэ бюджетыр, Правительствэм ищIа унафэм тету, КъБР-м и къэрал программэхэр хэлъытауэ зэхэлъхьа хъуащ. Проектыр щыдгъэхьэзырым гулъытэ хуэтщIащ УФ-ми КъБР-ми я бюджет, налог политикэм и унэтIыныгъэ псоми. Къыхэзгъэ-
щыну сыхуейщ етIанэгъэ республикэм езым и хэхъуэу иIэн хуейр нэхъыбэ зэрыхъунур. Зэрыщыту къапщтэмэ, бюджетыр псэукIэм нэхъ ехьэлIауэ къэнэжащ, - къыхигъэщащ АфэщIагъуэм.
Финанс дэфтэр нэхъыщхьэр лъэныкъуэ псомкIи къыща-пщытащ икIи щызэпкърахащ КъБР-м и Парламентым и комитетхэм. Хабзэм тету абы кърагъэблэгъащ министерствэхэми нэгъуэщI къулыкъущIапIэхэми я лIыкIуэхэр. Законым и проектыр Парламентым и зэIущIэм япэ еджэгъуэу щэкIуэгъуэм къыщащтэну къы-
халъхьащ. ЯпэщIыкIэ бюдже-
тым и пкъым депутатхэр арэзы техъуэу, етIуанэ еджэгъуэм ирихьэлIэу бюджетым и хэхъуэри, ахъшэр зытрагъэкIуэдэну-ри нэхъ зэпкърыхауэ утыку кърахьэну аращ.
ЗэIущIэм щыхэплъащ автомобиль, гъущI гъуэгу, электротранспортхэр къызэгъэпэща зэрыхъум теухуа статьям зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ ягъэхьэзра законым и проектым. Абы халъхьэжыпхъэу къалъытащ цIыхухэр къришэкIыну хуит зыщI тхылъ зыта республикэ е щIыналъэ къулыкъущIапIэм а къалэныр зи пщэ дилъхьам суд IуэхукIэ щхьэщихыжыну зэрыхуитыр.
- Мыбы халъхьэжа Iыхьэр зыхуэгъэпсар цIыхухэр къезышэкIхэм жэуаплыныгъэ нэхъыбэ яIэу я къалэным пэрыту щIынырщ, - жиIащ КъБР-м и Парламентым Промышленно-стымкIэ, транспортымкIэ, связымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и комитетым и унафэщI Байдаев Сэлихь.
Законым и проектыр хэплъапхъэ IэнатIэхэм ирагъэхьащ унафэ тращIыхьыну.
Президиумым хэсхэр хэплъащ федеральнэ законхэм я проектхэм, страховой пенсэм, Урысейм и фэеплъ махуэхэмрэ дзэ щIыхьым теухуахэмрэ ехьэлIауэ щыIэ хабзэубзыху жэрдэмхэм, УФ-м и нэгъуэщI хэгъэгухэм къикIа зэрызыхуагъазэхэм, УФ-м ЩIы, Унагъуэ кодексхэм хэлъхьэныгъэхэмрэ дыщIыгъужыныгъэхэмрэ хэлъхьэным, нэгъуэщIхэми.
ЗэIущIэм и кIэухым КъБР-м и Парламентым ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Емуз Нинэ къызэхуэсахэр щигъэгъуэзащ Парламентым и Президиумым «ЩIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэм щекIуэкI гъэсэныгъэ ухуэкIэр егъэфIэкIуэным теухуауэ» унафэр гъэзэщIа зэрыхъум.
КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2815.txt"
} |
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм дыкъэзыухъуреихь дунейр щыхъумэныр, щIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэр щызэтегъэувэжыныр икIи къыщыгъэсэбэпыныр» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ
2021 гъэм жэпуэгъуэм и 5-м Налшык къалэ №199-ПП
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм дыкъэзыухъуреихь дунейр щыхъумэныр, щIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэр щызэтегъэувэжыныр икIи къыщыгъэсэбэпыныр»Къэбэрдей-Балкъэр Республикэм и къэрал программэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2019 гъэм щакIуэгъуэм и 27-м къыдигъэкIа унафэ №199-ПП-мкIэ къищтам, хэлъхьэн мы унафэм и гуэдзэным къыщыгъэлъэгъуа зэхъуэкIыныгъэхэр.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI МУСУКОВ Алий
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2816.txt"
} |
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
Архив лэжьыгъэмкIэ законодательствэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм зэрыщагъэзащIэм хуэгъэза щIыналъэ къэрал къэпщытэныгъэм (кIэлъыплъыныгъэм) теухуа Положенэр къэщтэным и IуэхукIэ
2021 гъэм жэпуэгъуэм и 5-м Налшык къалэ №200-ПП
«Урысей Федерацэм архив лэжьыгъэр зэрыщрагъэкIуэкIым и IуэхукIэ» 2004 гъэм жэпуэгъуэм и 22-м къащта Федеральнэ закон №125-ФЗ-м и 16-нэ статьям, «Урысей Федерацэм къэрал къэпщытэныгъэмрэ (кIэлъыплъыныгъэмрэ) муниципальнэ къэпщытэныгъэмрэ зэрыщрагъэкIуэкIым и IуэхукIэ» 2020 гъэм бадзэуэгъуэм и 31-м къащта Федеральнэ закон №248-ФЗ-м япкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
1. Архив лэжьыгъэмкIэ законодательствэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм зэрыщагъэзащIэм хуэгъэза щIыналъэ къэрал къэпщытэныгъэм (кIэлъыплъыныгъэм) теухуа Положенэр къэщтэн мы унафэм и гуэдзэным зэритым хуэдэу.
2. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Архив къулыкъущIапIэм теухуа Положенэм, «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Архив къулыкъумщIапIэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2011 гъэм дыгъэгъазэм и 7-м къыдигъэкIа унафэ №370-ПП-мкIэ къищтам, и 4-нэ пунктым и 4.7-нэ пункт къуэдзэр зэхъуэкIын икIи ар мы къыкIэлъыкIуэм хуэдэу къитхыкIыжын:
«4.7 Архив лэжьыгъэмкIэ законодательствэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм зэрыщагъэзащIэм хуэгъэза щIыналъэ къэрал къэпщытэныгъэр (кIэлъыплъыныгъэр) ирегъэкIуэкI».
3. Къэру ямыIжу къэлъытэн:
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал властым и гъэзэщIакIуэ оргэнхэм я къулыкъущIэу щIыналъэ къэрал къэпщытэныгъэ (кIэлъыплъыныгъэ) ирагъэкIуэкIыну полномочиехэр зратахэм я Спискэм, «Къэрал къэпщытэныгъэ (кIэлъыплъыныгъэ) егъэкIуэкIыным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2013 гъэм дыгъэгъазэм и 10-м къыдигъэкIа унафэ №320-ПП-мкIэ къащтам, и 13-нэ пунктым;
«Архив лэжьыгъэмкIэ законодательствэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм зэрыщагъэзащIэм кIэлъыплъыныр къызэрзэрагъэпэщ Хабзэр къэщтэным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2018 гъэм дыгъэгъазэм и 29-м къыдигъэкIа унафэ №270-ПП-м.
4. Архив лэжьыгъэмкIэ законодательствэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм зэрыщагъэзащIэм хуэгъэза щIыналъэ къэрал къэпщытэныгъэм (кIэлъыплъыныгъэм) теухуа Положенэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм мы унафэмкIэ къищтам икIи 2023 гъэм щIышылэм и 1-м къару зыгъуэтым нэмыщI, езы унафэм къару егъуэт 2022 гъэм щIашылэм и 1-м щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI МУСУКОВ Алий
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2817.txt"
} |
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхухэм социальнэ дэIэпыкъуныгъэ етыныр» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и
Унафэ
202I гъэм жэпуэгъуэм и 8-м Налшык къалэ №202-ПП
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхухэм социальнэ дэIэпыкъуныгъэ етыныр» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 20I9 гъэм щэкIуэгъуэм и I8-м къыдигъэкIа унафэ №202-ПП-мкIэ къищтам, мы унафэм и гуэдзэным къыщыгъэлъэгъуа зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафIэщI Мусуков Алий
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2818.txt"
} |
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ
Журт Роберт Биберд и къуэр Налшык район судым и суд участкэ №1-м и зэзыгъэкIуж судыщIэ къулыкъум гъэувыным и IуэхукIэ
«Урысей Федерацэм и зэзыгъэкIуж судыщIэхэм я IуэхукIэ» Федеральнэ законым и 7-нэ статьям, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Конституцэм и 100-нэ статьям и 1-нэ Iыхьэм и «и» пунктым япкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:
1. Журт Роберт Биберд и къуэр Налшык район судым и суд участкэ №1-м и зэзыгъэкIуж судыщIэ къулыкъум пIалъэ пыухыкIа имыIэу гъэувын.
2. Мы Унафэм къару егъуэт къыщащта махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и УнафэщI ЕГОРОВЭ Татьянэ
Налшык къалэ
2021 гъэм фокIадэм и 28-м
№379-П-П
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2819.txt"
} |
Дунейм щыхъыбархэр
Пенсэхэм хэгъэхъуэным теухуауэ
«Зи ныбжь хэкIуэтахэм Iэмал псори къахузэгъэпэщыпхъэщ тыншу загъэпсэхуным, я узыншагъэм кIэлъагъэплъыным хуэгъэзауэ», - жиIащ УФ-м и Президент Путин Владимир, Федеральнэ Зэхуэсым иджыблагъэ зыщыхуигъэзам.
Абы папщIэ зэфIэгъэкIыпхъэ Iуэхухэм я нэхъыщхьэуи къигъэлъэгъуар къэралым и цIыхухэм зэрызащIигъакъуэ мылъкур нэхъыбэ щIынырщ.
«Псом япэрауэ, дэ зэдгъэхъулIэн хуейщ цIыхухэм я пенсэхэм хэдгъэхъуэныр, ахэр инфляцэм зэрызихъуэжым елъытауэ зэпымыууэ къэбжыжыныр. Уеблэмэ инфляцэр зэрыдэкIуейм нэхърэ нэхъ псынщIэу пенсэхэр къэIэтыпхъэщ, - къыхигъэщащ къэралым и УнафэщIым. – Дэ апхуэдэуи дыхущIэкъунущ цIыхум и пенсэр ар щылажьэм къихьу щытам нэдгъэсыным».
Абы теухуа Iуэхухэр Москва гъэзэщIэн щыщIадзащ. Псалъэм папщIэ, абы щыпсэухэм нэхъ мащIэ дыдэу къахь пенсэхэм мы гъэм и щIышылэм къыщыщIэдзауэ хэхъуащ – сом 14500-м и пIэкIэ сом 17500-рэ хъуащ. Къалэдэс пенсионерхэр къалэ транспортымкIэ пщIэншэу зокIуэ, я мылъку ямыгъэкIуэду зыгъэпсэхуакIуэ кIуэнуи хуитщ, я узыншагъэм щыкIэлъагъэплъ поликлиникэ хэхахэр, къегъэбыдылIа дохутырхэр яIэщ.
Къэралым и нэгъуэщI щIыналъэхэм щыпсэу пенсионерхэми, апхуэдэ хъыбархэр щызэхахкIэ, шэч хэмылъу, мэгугъэ езыхэм я дежи апхуэдэ гулъытэр зэгуэр нэсыну.
ЩэкI гъэщIэгъуэн
Туристхэм къагъэсэбэп хьэпшыпхэр, псалъэм папщIэ, рюкзакхэр, кIагуэхэр, зэпкърыплъхьэ хъу чэтэн унэ цIыкIухэр, къызыхащIыкI щэкIхэр быдэ дыдэу щытын хуейщ.
Апхуэдэ хьэпшыпхэр къыщIэгъэкIыным елэжьхэм къахуэщхьэпэнщ США-м щыщ Imperial Motion компанием къигупсыса технологиер. А IуэхущIапIэм и IэщIагъэлIхэм иджыблагъэ ягъэлъэгъуащ езыхэм ящIа чэтэн унэ цIыкIухэм, щыгъын щIыIутелъхэм я быдагъыр. ЩэкIыр тIэкIу уIами, жыг къудамэм къритхъами, туристхэр абы щIытегузэвыхьын щыIэкъым. Пхыуда иIэ хъуамэ, цIыхуIэр зэреIусэу а дыркъуэр «мэкIыж».
ЩIэныгъэлIхэр йолэжь щэкIыр нэхъри нэхъ быдэж щIыным, ар хэтхъамэ е инышхуэу къиудамэ, ахэри асыхьэту зэрызэбгъэпэщыж хъуну Iэмалхэр къалъыхъуэ.
Нобэ
Правительствэм и нэIэ щIэмыт зэгухьэныгъэхэм я дунейпсо махуэщ
Мыщэ хужьым и дунейпсо махуэщ
Урысейм ЩытыкIэ хэхахэм деж къагъэсэбэп и къарухэм я махуэщ. УФ-м и Президент Путин Владимир къыдигъэкIа унафэм ипкъ иткIэ ягъэувауэ 2015 гъэ лъандэрэ ягъэлъапIэ.
Ингуш Республикэм и Конституцэм и махуэщ
1411 гъэм Шотландием щыщ Сент-Эндрюс къалэм а къэралым щыяпэу университет къыщызэIуахащ.
1598 гъэм Годунов Борис Урысей къэралыгъуэм и пащтыхьу ягъэуващ.
1693 гъэм дунейм щыяпэу Лондон къыщыдэкIащ цIыхубзхэм папщIэ журнал.
1781 гъэм пащтыхь гуащэ Елизаветэ ЕтIуанэм Урысейм цIыху куэд зэкIуалIэ «къалэ еджапIэхэр» къыщызэIухыным теухуа унафэ къыдигъэкIащ. Къэралым цIыхубэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ и IэнатIэр зэтеувэныр абдеж къыщежьауэ къалъытэ.
1879 гъэм фошыгъум нэхърэ хуэдэ 400-кIэ нэхъ IэфI ерыскъыгъуэр – сахариныр - къыщIагъэкIащ.
1900 гъэм Германием къыщызэрагъэпэщащ «Бавария Мюнхен» футбол клубыр.
1943 гъэм Матросов Александр нэмыцэхэр къызэрыукI быдапIэм зыIуидзащ икIи советыдзэхэр а щIыпIэм блэкIынымкIэ Iэмал яритащ. Хахуагъэ къэзыгъэлъагъуэу хэкIуэда Матросовым Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэр фIащауэ щытащ.
1945 гъэм Мэсей Аслъэнджэрий Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэр къыфIащащ.
1964 гъэм цIыхухэм псы щIагъым зэрызыщрагъэплъыхь, тенджызхэм я лъащIэр къэхутэным къыщагъэсэбэп япэ аппаратыр – мезоскафыр - Атлантикэ хым траутIыпщхьащ.
1965 гъэм совет Ан-22 («Антей») кхъухьлъатэр япэу уэгум ихьащ.
1873 гъэм гъэм къалъхуащ Италием щыщ оперэ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Карузо Энрико къызэралъхурэ илъэси 146-рэ ирокъу.
1887 гъэм къалъхуащ урыс дзэ кхъухьлъатэзехуэ Iэзэ Нестеров Пётр.
1925 гъэм къалъхуащ совет осетин тхакIуэ, литературовед, филологие щIэныгъэхэм я доктор Джусойты Нафи.
1932 гъэм къалъхуащ инджылыз-америкэ киноактрисэ, «Оскар» саугъэтыр щэнейрэ зыхуагъэфэща Тейлор Элизабет.
1940 гъэм къалъхуащ шэрджэс сурэтыщI Мэзукъэбз Хьэзрэт.
1941 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ, УФ-мрэ КъШР-мрэ я цIыхубэ артист, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Гъуэт Хъусин.
1956 гъэм къалъхуащ совет уэрэджыIакIуэ, Эстонием щIыхь зиIэ и артисткэ Вески Анне.
1957 гъэм къалъхуащ актрисэ, режиссёр, УФ-м и цIыхубэ артисткэ Догилевэ Татьянэ.
1958 гъэм къалъхуащ жылагъуэ лэжьакIуэ, ДАХ-м и вице-президент КIэкIыхъу Мэжид.
1973 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, Адыгэ Республикэм и Iэтащхьэ КъумпIыл Мурат.
1971 гъэм къалъхуащ урысей журналисткэ, теленэтынхэр езыгъэкIуэкI Хромченкэ Эвелинэ.
1971 гъэм къалъхуащ урысей журналисткэ, режиссёр Толстая Фёклэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу, къешх-къесу щыщытынущ. Махуэм хуабэр градуси 5 - 7, жэщым щIыIэр 1 градус щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Псалъэ щабэ гущабэщIщ.
Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "282.txt"
} |
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ
Кулеш Еленэ Юрэ и пхъур Прохладнэ район судым и суд участкэ №5-м и зэзыгъэкIуж судыщIэ къулыкъум гъэувыным и IуэхукIэ
«Урысей Федерацэм и зэзыгъэкIуж судыщIэхэм я IуэхукIэ» Федеральнэ законым и 7-нэ статьям, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Конституцэм и 100-нэ статьям и 1-нэ Iыхьэм и «и» пунктым япкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:
1. Кулеш Еленэ Юрэ и пхъур Прохладнэ район судым и суд участкэ №5-м и зэзыгъэкIуж судыщIэ къулыкъум пIалъэ пыухыкIа имыIэу гъэувын.
2. Мы Унафэм къару егъуэт къыщащта махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и УнафэщI ЕГОРОВЭ Татьянэ
Налшык къалэ
2021 гъэм фокIадэм и 28-м
№380-П-П
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2820.txt"
} |
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм физкультурэмрэ спортымрэ зыщегъэужьыныр» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и
Унафэ
2021 гъэм жэпуэгъуэм и 11-м Налшык къалэ №203-ПП
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм физкультурэмрэ спортымрэ зыщегъэужьыныр» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 20I9 гъэм дыгъэгъазэм и 2-м къыдигъэкIа унафэ №2I3-ПП-мкIэ къищтам, мы унафэм и гуэдзэным къыщыгъэлъэгъуа зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2821.txt"
} |
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ
Улбаш Аскэр и Хьэбыж и къуэр Лэскэн район судым и суд участкэ №1-м и зэзыгъэкIуж судыщIэ къулыкъум гъэувыным и IуэхукIэ
«Урысей Федерацэм и зэзыгъэкIуж судыщIэхэм я IуэхукIэ» Федеральнэ законым и 7-нэ статьям, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Конституцэм и 100-нэ статьям и 1-нэ Iыхьэм и «и» пунктым япкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:
1. Улбаш Аскэр Хьэбыж и къуэр Лэскэн район судым и суд участкэ №1-м и зэзыгъэкIуж судыщIэ къулыкъум пIалъэ пыухыкIа имыIэу гъэувын.
2. Мы Унафэм къару егъуэт къыщащта махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и УнафэщI ЕГОРОВЭ Татьянэ
Налшык къалэ
2021 гъэм фокIадэм и 28-м
№381-П-П
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2822.txt"
} |
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ
Хутуев Ислъам Тыныбэч и къуэр Iуащхьэмахуэ район судым и суд участкэ №1-м и зэзыгъэкIуж судыщIэ къулыкъум гъэувыным и IуэхукIэ
«Урысей Федерацэм и зэзыгъэкIуж судыщIэхэм я IуэхукIэ» Федеральнэ законым и 7-нэ статьям, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Конституцэм и 100-нэ статьям и 1-нэ Iыхьэм и «и» пунктым япкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:
1. Хутуев Ислъам Тыныбэч и къуэр Iащхьэмахуэ район судым и суд участкэ №1-м и зэзыгъэкIуж судыщIэ къулыкъум пIалъэ пыухыкIа имыIэу гъэувын.
2. Мы Унафэм къару егъуэт къыщащта махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и УнафэщI ЕГОРОВЭ Татьянэ
Налшык къалэ
2021 гъэм фокIадэм и 28-м
№382-П-П
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2823.txt"
} |
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ
Чипчиковэ ФатIимэ Къэзахъстан и пхъур Налшык район судым и суд участкэ №10-м и зэзыгъэкIуж судыщIэ къулыкъум гъэувыным и IуэхукIэ
«Урысей Федерацэм и зэзыгъэкIуж судыщIэхэм я IуэхукIэ» Федеральнэ законым и 7-нэ статьям, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Конституцэм и 100-нэ статьям и 1-нэ Iыхьэм и «и» пунктым япкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:
1. Чипчиковэ ФатIимэ Къэзахъстан и пхъур Налшык район судым и суд участкэ №10-м и зэзыгъэкIуж судыщIэ къулыкъум пIалъэ пыухыкIа имыIэу гъэувын.
2. Мы Унафэм къару егъуэт къыщащта махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и УнафэщI ЕГОРОВЭ Татьянэ
Налшык къалэ
2021 гъэм фокIадэм и 28-м
№383-П-П
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2824.txt"
} |
Шахмат псынщIэхэмкIэ зэпоуэ
КъБР-м и къалащхьэ Налшык щекIуэкIащ «Къэбэрдей-Балъкъэрым и япэ Президент КIуэкIуэ Валерэ и мемориал» Урысей Федерацэм шахмат псынщIэхэмкIэ и Рапид Гран-при-2021 зэхьэзэхуэм и Iыхьэр.
Псори зэхэту саугъэтхэм щIэбэнащ шахматист 94-рэ. Абыхэм яхэтащ гроссмейстерхэу Смирнов Павелрэ Ковановэ Баирэрэ, спортым и мастеру 10.
Зэхьэзэхуэ гуащIэхэр зэщхьэщыхауэ щытащ ветеранхэм, балигъхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ я гупу.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и япэ Президент КIуэкIуэ Валерэ и мемориалым зыхэта гупхэм пашэныгъэр щаубыдащ Смирнов Павел, Ковановэ Баирэ, Танделов Арсений, Малышевэ Виктория, Кулиев Сергей сымэ.
Зэпеуэр швейцар щыкIэм тету джэгугъуэ 11-у екIуэкIащ. Хабзэ зэрыхъуауэ ират кубокхэм, медалхэмрэ дипломхэмрэ къищынэмыщIауэ, нэхъыфIу зыкъэзыгъэлъэгъуа спортсменхэр ахъшэ саугъэтхэмкIи ягъэпэжащ.
Къэхъун Бэч.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2825.txt"
} |
Лъэпкъым и тхыдэм щыщ
Къэхутэныгъэхэм къазэрыхэщымкIэ, япэ дыдэу цIыхур Африкэм къикIри, Кавказымрэ зэрыщыту Евразиемрэ къэкIуащ илъэс мелуан I,7-рэ хуэдиз ипэкIэ. Кавказ Ишхъэрэм цIыхухэр щопсэу абыхэм я тхыдэм зэрыщIидзэрэ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, палеолитым (пасэ дыдэ мывэ лъэхъэнэм) абы щыхьэт техъуэ куэд къыщагъуэтащ. Ди щIыналъэм щыпсэухэр тенджыз Курыхымрэ Азие ЦIыкIумрэ я цIыхухэм экономикэ, щэнхабзэ я лъэныкъуэкIэ быдэу япыщIауэ къекIуэкIащ.
А зэпыщIэныгъэхэр псом хуэмыдэу нэхъ быдэ хъуащ домбеякъым и лъэхъэнэм (ди эрэр къэсыным илъэс мини 4 - мини 3,5-рэ иIэжу). Абы и щыхьэтщ Мейкъуапэ археологие щэнхабзэр. А зэманым щIыпIэм щызэфIэувами, абы хуабжьу яжь къыщIихуащ пасэрей къуэкIыпIэ цивилизацэхэм я ехъулIэныгъэхэу къахыхьахэм. А псори шумерхэм е хурритхэм, нэхъ хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, Азие ЦIыкIум къикIа хьэтхэм къыхуахьауэ къыщIэкIынущ.
Мыбдеж къыщыхэдгъэщхьэхукIын хуейщ языныкъуэ IэщIагъэлIхэм мыпхуэдэ щытыкIэр цIыхухэр зэрыIэпхъуэпшахъуэм и Iэужьу зэрыжаIэр. Ахэр захуэщ, Азие ЦIыкIумрэ Кавказымрэ а зэман жыжьэм зэIыхьлы лъэпкъхэр зэрыщыпсэуар къэплъытэмэ – Азие ЦIыкIум – хьэтхэмрэ кашкэхэмрэ, Кавказ Ищхъэрэм – синдхэмрэ меотхэмрэ. ИужькIэ абыхэм къатепщIыкIащ адыгэ лъэпкъхэр, абыхэм лъыкIэ япэгъунэгъу убыххэр, абхъазхэр, абазэхэр. А псори зы бзэкIэ псалъэрт. Зэрытлъагъущи, Кавказ Ищхъэрэм и нэхъ лъэпкъыжь дыдэхэм ящыщщ абхъазхэмрэ адыгэхэмрэ. Абыхэм лIэщIыгъуэ куэдкIэ яIыгъащ щIыналъэм и нэхъ щIыпIэфIхэр. Кавказ Ищхъэрэр зэблэкIыпIэу щытащ. НэгъуэщI щIыпIэхэм къикIыу мыбы къакIуэхэмрэ, езы щIыналъэм щыпсэухэмрэ лъэныкъуэ куэдкIэ зызэпащIэрт.
Абхъазхэмрэ адыгэхэмрэ къызытехъукIа хьэтхэм, синдхэм, меотхэм япэ дыдэу закъыпызыщIар алыджхэр къызытехъукIахэрщ е езы алыджхэрщ. Абы къыхэкIыу, дэ зэщхь куэд дыщрохьэлIэ ди щэнхабзэхэм. Псом япэу зэгъэпщэныгъэхэр щынэхъыбэщ IуэрыIуатэм, къыддекIуэкI хабзэхэм.
«Сосрыкъуэрэ Iэдиихурэ» нарт хъыбарым къеIуэтэж бгыщхьэм, щыхупIэм и деж Инжыдж псым и къежьапIэм быдапIэ тетауэ. Абы щыпсэурт зэщхьэгъуситI. ЛIыр зекIуэм ехъулIэрт. АрщхьэкIэ Псэбыдэ (арат абы и цIэр) ар къезыгъэхъулIэр и щхьэгъусэ Iэдииху дахащэрт. Псэбыдэ зекIуэ къыщикIыжкIэ абы и Iэ лыдитIыр чэщанэм къыдишиикIырти, жэщ нэхъ пшагъуэ кIыфI дыдэр, узыпхымыкIыфынур, къигъэнэхурт, дунейр пшэ фIыцIэжьхэм щыщIилъафэкIи арат. Арат IэдиихукIэ щIеджэри.
Зэрытлъагъущи, пасэрей алыдж тхьэгуащэ Герэрэ Iэдиихурэ ягъэзащIэ къалэнхэр зэтохуэ: Герэ Трое и деж дуней щытыкIэр щызэрехъуэкIыф икIи ахейхэм щадоIэпыкъу, Инжыдж къызэпрыкIыжын папщIэ Iэдииху и лIым дэIэпыкъуу зэрыщытам хуэдэу. А зэтехуэныгъэр ауэ сытми къэхъуакъым. Ауэ гу лъумытэнкIэ Iэмал иIэкъым Iэдииху и цIэр къызытехъукIар адыгэ нарт IуэрыIуатэм къызэрыхэщми. АрщхьэкIэ Гомер деж дыщрихьэлIэркъым Герэ «IэблэхужькIэ» щIеджэу щытам и щхьэусыгъуэм. Алыджхэм я деж Герэ къыщокIуэ тхьэгуащэу, ауэ Iэдииху бзылъхугъэ къызэрыгуэкIщ, итIани дуней щытыкIэр зэрехъуэкIыф.
«Сосрыкъуэрэ Iэдиихурэ» хъыбарым уигу къегъэкIыж «Герэрэ Леандррэ» алыдж хъыбарри. Герэ апхуэдэ дыдэу щыпсэуащ тенджыз Iуфэм Iут чэщанэм. Iэдииху хуэдэу абыи уэздыгъэкIэ жэщым тенджызыр игъэнэхурт икIи езым фIыуэ илъэгъуа Леандр дэIэпыкъурт къыхуэзэн папщIэ Дарданелл псы дэжыпIэм къызэпрысыкIыну. Ар псым хокIуадэ, Герэ тенджызыр зэригъэнэху уэздыгъэр жьым игъэункIыфIа иужь. Гу лъытапхъэщ Дарданелл псы дэжыпIэр хьэтхэр щыпсэуа щIыпIэм зэрыщыIэм. Абы къигъэлъагъуэр зыщ: хъыбарыр хьэтхэм зэрейр.
Гомер и IэдакъэщIэкIхэмрэ «Нарт» эпосымрэ зэбгъапщэ зэрыхъунум и щапхъэщ мыхэр: а) Гомер и эпосым къызэрыхэщымкIэ, Еленэ троянхэм ядыгъу, ахейхэм иужьрейхэм зауэ иращIылIэ. Абы къыхэкIыу Трое зэхакъутэпауэ щытащ.
б) «Испыхэм ядыгъуа Сэтэней Уэзырмэс я пашэу нартхэм хуит къызэращIыжар» хъыбарым къыщыгъэлъэгъуащ ЖьакIэ Хужь зи Iэтащхьэ испыхэм, нарт балигъхэр зекIуэ жыжьэ куэдрэ къэтыну щыкIуа зэманым зрагъэхьэлIэу, псоми фIыуэ ялъагъу Сэтэней гуащэр зэрадыгъуар. Ар зымыхъумэфа нарт ныбжьыщIэхэр къэгулэзат. Щэнейрэ ахэр хущIэкъуащ ЖьакIэ Хужьым и быдапIэм, Сэтэней щаIыгъым, дыхьэну. АрщхьэкIэ къащтэфакъым. ИтIанэ нартхэр кIуащ Уэрсэрыжь и деж. А фызыжьым и закъуэт абыхэм чэнджэщ къезытыфынур.
КъажриIащ, Уэзырмэс хахуэр къадэмыIэпыкъумэ, ахэр испыхэм зэрапэмылъэщынур. АрщхьэкIэ нартхэр Уэзырмэс щелъэIум, иужьрейм къахуигъэуващ зекIуэм Гуэргуэныжь хьилэшыр здашэну.
Уэзырмэс и шы пцIэгъуэплъым уанэ трилъхьащ, кхъуахъуэ Гуэргуэныжь кхъуэпIащэм тест. Гъуэгум здытетым Гуэргуэныжь зытес кхъуэпIащэр лIащ, нартышхэм кIуэкIэкIэ ядэмыхъуу. Езым фIыуэ илъагъу кхъуэпIащэр къимыгъэнэн папщIэ, Гуэргуэныжь ар и дамэм трилъхьэри нартхэм якIэлъыущащ. Испыхэм я быдапIэм ебгъэрыкIуэн и пэ къихуэу Гуэргуэныжь Уэзырмэс елъэIуащ кхъуэпIащэ лIар и дамэм телъу нартхэм япэ иту кIуэну хуит къищIыну. Апхуэдэуи хъуащ.
Испыхэм я шабзэшэхэр кхъуэпIащэ лIам и пкъым къытехуэрт, абы къыхэкIыуи нартхэм зыри къалъэIэсакъым. Апхуэдэ щIыкIэкIэ испыхэм я быдапIэр зэтракъутэщ, езыхэр зэтраукIэри, Сэтэней хуит къащIыжащ.
Мы хъыбарыр, Троян зауэр зэрекIуэкIам теухуауэ дызыщыгъуазэхэр зэбгъапщэмэ, къаугъэр къызыхэкIа щхьэусыгъуэ зыбжанэ, апхуэдэу ахейхэмрэ данайхэмрэ Трое щыпсэухэм егъэщIылIауэ къагъэсэбэпа хьилагъэхэр зэщхь хуэдэщ: япэрауэ, Троем и пащтыхь Приам и къуэ Парис Спартэм и тет Менелай зэрыщымыIэр къигъэсэбэпащ икIи абы и фыз Еленэ идыгъури, Троем ишащ. Сэтэней испыхэм зэраубыдам теухуа хъыбарми Гомер Еленэ зэрадыгъуам теухуауэ Илиадэм къыщиIуэтэжхэри зэтохуэ мыпхуэдэ щIыкIэкIэ: япэ хъыбарым нарт балигъ псори зекIуэ ежьат, Елени Парис щидыгъуар и лIыр унэм щыщымыIэм щыгъуэщ. ЕтIуанэрауэ, Уэрсэрыжь нартхэм къажриIащ Уэзырмэс хахуэр икIи губзыгъэр зыдамыгъэIэпыкъумэ, испыхэм зэратемыкIуэфынур. Ауэ мыдрейм къахуигъэуващ Гуэргуэныжь кхъуахъуэр зыщIагъуну. Иужьрейм и фIыгъэкIэщ испыхэр зэрыхагъэщIари.
Гомер Илиадэм къыщеIуатэ Ахиллес здамышэмэ, ахейхэм Троер къызэрамыщтэфынур. Ахиллес и анэ Фетидэ ищIэрт ар зауэм кIуэмэ, Трое и деж зэрыщыхэкIуэдэнур. Абы къыхэкIыу и къуэр цIыхубз щыгъынкIэ ехуапэри, Скирос хытIыгум и пащтыхь Ликамед ипхъухэм яхегъапщкIуэ. Ещанэрауэ, нарт хъыбархэми Гомер къиIуэтэжахэми Гуэргуэныжьрэ Ахиллесрэ хьилагъэкIэ утыку ирашэри къаукI.
Унэж Кашиф, философие щIэныгъэхэм я доктор, профессор.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2826.txt"
} |
Къафэм епсыхь хьэлыр
Ди газетым и хьэщIэщым къедгъэблэгъащ балетым и къэфакIуэ Къущхьэ Камилэ.
- Камилэ, балетым и курыхым хэт ухэзышар?
- Къэбэрдей-Балъкъэрым гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ПащIэ Рамедщ. Музыкэ театрым сызэрыщылажьэрэ илъэсипщIым щIигъуащ. Классикэр къафэ гъуазджэм къызэщIиубыдэ псоми я лъабжьэщ, си гъэсакIуэм и унафэм сыщIэту абы и IэмалыщIэхэр згъэунэхуащ.
Къапщтэмэ, сыт щыгъуи срогушхуэ гъэсакIуэфIхэм сызэрихьэлIам. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, абыхэм ящыщ зы нобэ къытхэтыжкъым - ар Къэбэрдей-Балъкъэрым и лъэпкъ балетым и лъабжьэр зыгъэтIылъахэм яхэта къэфакIуэ гъуэзэджэ Хьэкъул Розэщ.
- Хьэкъулым япэу ущыIущIар уигу къэбгъэкIыжыфыну? Сыт хуэдэу ар уигу къинэжа?
- Щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ колледжым классикэ къафэм дыхуэзыгъасэм и пIэкIэ ар къытхуагъэкIуэну зэхэтхат. Абы псори дыфIэлIыкIырт. Сыт щыгъуи уардэу зэрызиIыгъым къытщигъэхъурт абы хьэл ткIий иIэу. Ауэ нэхъ гъунэгъуу а бзылъхугъэр къыщытцIыхум, къыдгурыIуащ абы и зыIыгъыкIэр къафэм ипсыхьа хьэлу зэрыщытыр. Хьэкъыу тпхыкIащ классикэ къафэ лIэужьыгъуэм узыщысхьыжыныр зэрыхэмызагъэр.
Зэгуэрым си насып кърихьэкIри, Розэ и зы лэжьыгъэ сеплъауэ щытащ. Хьэкъулым абы бгырыс къафэ, пуантхэм тету, щигъэзащIэрт. Абы и къэфэкIэм апхуэдизкIэ ситхьэкъуати, къыхэсха IэщIагъэмкIэ сызэрыщымыуар, адэкIи абы пысщэну сызэрыхуейр а сыхьэтым къызгурыIуат. Хьэкъулым и ныбжьыр щыхэкIуэтами, балеринэ нэхъ щIалэ дэтхэнэми и къэфэкIэмкIэ ехьэехуэфынут. Ар си дежкIэ щапхъэ хъуат. «ЕджапIэр къэбухмэ, Музыкэ театрым лэжьакIуэ укъэкIуэну сыхуейт», - къызэрызжиIар нобэ хуэдэу сощIэж. А псалъэхэм си дежкIэ мыхьэнэшхуэ яIэт.
- Балет къафэм нэхъ гугъуу хэлъыр сыт?
- ЗэрыжыпIащи, балетыр езыр IэщIагъэ гугъущ. КъафэмкIэ уи гущIагъщIэлъ псори къэпIуэтэфын хуейщ - Iэпкълъэпкъыр зэрыбгъэлажьэм и мызакъуэу, абы уи псэри дебгъэжьуупхъэщ. А щытыкIэр къыщохъулIэнур узыщымысхьыжу, уи къару уемыблэжу улажьэмэщ. Пэжыр жыпIэмэ, лъакъуэр е си бгыр щымыуз махуэ щIагъуэ къыхэхуэркъым. Ауэ а псори балеринэр зэсэж щытыкIэщ, IэщIагъэр тщыщ Iыхьэщи.
- Сыт хуэдэ партиехэр бгъэзэщIа?
- «Дон Кихот» (Китри и вариацэр), «Корсар» балетхэм партие нэхъ гугъухэр щызогъэзащIэ, апхуэдэуи Эсмеральдэ и вариацэр утыку къисхьащ. «Дон Кихот» лэжьыгъэр езыр хъыбар дахэщ. Ар нэхъыбэу сигу щIрихьыр лъагъуныгъэ гурыщIэ дахэр къафэкIэ къызэрыщыпIуэтэфырщ. Партиер Балъкъэр Аслъэнрэ сэрэ зэдыдогъэзащIэ. Къэбгъэлъагъуэмэ, лэжьыгъэр къызэхьэлъэкIакъым, абы къыщекIуэкI Iуэхур зэрызэкIэлъыхьар спэгъунэгъущи. Псалъэм папщIэ, сыт хуэдэ пщащэми хуэдэу, сфIэфIщ гугъуехь тIэкIухэм упхыкIми, ар къызэрызэбнэкIам уи гур хигъэхъуэжу, узыхуэпабгъэу щытар къыщохъулIэм деж. Сыкъыщыфэну сызыщIэхъуэпс лэжьыгъэм ущIэупщIэмэ, ар «Легенды о любви» балетырт.
- Камилэ, ди щIыналъэм балетым къэкIуэн щиIэну къыпщыхъурэ?
- ИлъэситIкIэ Щэнхабзэмрэ гъуазджэхэмкIэ колледжым щезгъэджати, абы щызгъэсахэм ящыщхэр нобэ театрым къыщыддолажьэ. КъищынэмыщIауэ, къыхэзгъэщыну сыхуейт ПащIэ Рамед илъэс зыбжанэ хъуауэ балет къафэмкIэ студие къызэIуихауэ зэригъэлажьэри. ЖысIэнуращи, абыхэм я ехъулIэныгъэхэр щытлъагъукIэ, ди балетым и гъуэгуанэм иджыри зэрыпищэнум шэч къытетхьэркъым.
Нэхъыщхьэращи, къэфакIуэ ныбжьыщIэхэм балет гъуазджэр яфIэгъэщIэгъуэнщ, гу лъыботэ классикэ къафэм и лъагапIэм лъэIэсыну ахэр зэрыхуэпабгъэр.
- Балетым цIыху куэд къызэхуишэсыфрэ иджыпсту?
- Шэч хэмылъу, дегъэгушхуэ а гъуазджэм дихьэххэр дызэриIэм. Дэтхэнэ ди пшыхьми пэплъэу, зы балет бламыгъэкIыу театрым къекIуалIэхэри ди мащIэкъым. Дауи, къалэшхуэхэм мы гъуазджэм зэрызыщиужьам хуэдэ дыдэкъым, ауэ дыхущIокъу ди къафэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэр балетым дедгъэхьэхыну. Гугъэр нэхъыбэу зэтпхыр щIэблэ къытщIэхъуэращ.
- Упсэу, Камилэ. ЕхъулIэныгъэшхуэхэр уиIэну ди гуапэщ.
Епсэлъар БАГЪЭТЫР Луизэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2827.txt"
} |
ЦIыху насыпыфIэм и гъащIэ гъуэгу
Нобэ нэхъ гъунэгъуу зэдгъэцIыхуну ди мурад Щауэ Тимур усакIуэу зыкъимылъытэжу жеIэ, Урысейм къызэрыщацIыхур зытегъэпсам техуэ и уэрэд шэрыуэхэмкIэщ.
«Сэ 1964 гъэм бадзэуэгъуэм и 14-м Кавказ лъапэм деж щылъ Черкесск къалэ щхъуантIэ цIыкIум сыкъыщалъхуащ, - зэи зэримыгъэтIылъэкI гушыIэр и Iэпэгъуу къеIуэтэж и гъащIэр Щауэм. - СыкъызыхэкIа унагъуэр лъэпкъ зэныбжьэгъугъэм и дамыгъэт - си адэр адыгэщ, си анэр нэгъуейщ. Ауэ япэ интернационалисту ди унагъуэм исар муслъымэныгъэм кърит хуитыныгъэм ипкъ иткIэ щхьэгъусиплI зиIа си адэм и адэшхуэ Джэмилт. ЦIыхубзиплIри лъэпкъ зырызым щыщт: зыр адыгэт, адрейр абазэт, ещанэр урыст, еплIанэр къэрэшейт. Унагъуэм илъ хъыбархэм къызэрыхэщымкIэ, псори хъарзынэу зэгурыIуэрт. Азэмэт-Джэрий зи цIэ си адэшхуэр Дзэ Хужьым зэрыхэтам щхьэкIэ 1933 гъэм ягъэкIуэдауэ щытащ. Си анэшхуэм сабииплI къызэрыхуэнам нэмыщI, зипкъ къыдэмыбз зеиншэ цIыкIу зришэлIат и дыщым щыщу. ЯгъэкIуэдам зэрищхьэгъусэм щхьэкIэ, ар колхозым къыхахужат, узэрыхуейуэ псэу жыхуаIэу. ЗэманыфI дэкIа нэужьщ къыщысщIар Щауэхэ адыгэ-шэрджэс уэркъ лIакъуэу зэрыщытыр. Ар ди адэ-анэхэм тщабзыщIырт, къыджьэдэхумэ, фIы зэрыщIэдмыхынур ящIэрти. Си щхьэгъусэр куржыщи, мэгушыIэ: «Фэ, адыгэхэм, щхьэл зиIэ псори пщыуэ къыфщохъу». ИкIи пэжщ: лъэпкъыр къызыдэкIа Зеикъуэ къуажэжьым щхьэл щыдиIащ. Си ныбжь хэкIуатэмэ, ди мылъкур къызатыжыну япэзубыдынщ, дищIхэр къатесхыжынщ, щхьэл зэфIэзгъэувэжынщи, хэт ищIэрэ, хьэжыгъэм хужь ищIа пащIэшхуэ зытет щхьэлтет вэгъзэгъ къысхэкIынкIи хъунщ.
Си анэмкIэ си адэшхуэ Джанибеков Абдул-Хьэмид цIыху къызэрымыкIуэу щытауэ жаIэ. Ар нэгъуей лъэпкъым и узэщIакIуэт, IуэрыIуатэджт, тхыдэтхт икIи тхакIуэт. Iэщыхъуэ тхьэмыщкIэхэм я бынхэм папщIэ япэ еджапIэхэр Iэщтырхъан губернием къыщызэIуихауэ щытащ абы, езым урысыбзэр щригъэджу. Журнал къыдигъэкIыу, тхылъ тедзапIэм и унафэщIу щытащ. Абы итха пьесэхэр Iэщтырхъан театрым щагъэувауэ яIуэтэж. Иджыпсту зекIуэ нэгъуей алыфбейр зэхэзылъхьэу нэгъуей тхыбзэм и лъабжьэр зыгъэтIылъар аращ. Iэщтырхъан областми Дагъыстэнми абы и цIэр зезыхьэ еджапIэхэр щыIэщ, гъэ къэс «Джанибековым и фэеплъ еджэныгъэхэр» щрагъэкIуэкIыу.
Ауэ сэ абыхэм сыкIуэну соукIытэ, нэгъуеибзэкIэ «хъырц» зэрызмыщIэм къыхэкIыу. АдыгэбзэкIи сынэхъ щIагъуэкъым. Си жагъуэ мэхъу ар. Толстойм, Достоевскэм, Пушкиным я щIэблэу хамэ къэралхэм щыпсэухэм урысыбзэ ямыщIэу жаIэри, абыкIэ си гур согъэфI.
Адэшхуэм срихьэлIакъым, анэшхуэр пшагъуэ-пшагъуэу си нэгу къыщIоувэж. Зы анэшхуэ Iэминат - тэтэрт, адрей Хьэлимэт - шэрджэст. ЗэрыжаIэжымкIэ, илъэсищ сыхъуху - Хьэлимэт-нанэ псэуху - къысIурылъэлъу адыгэбзэкIэ сыпсалъэу щытащ.
Шэч хэлъкъым гъащIэм къыщызэхъулIа псомкIи си адэ-анэм я щIыхуэ зэрыстелъым. Дунейм сыкъызэрытехьам и мызакъуэу, хъу-мыхъуми цIыху къызэрысхэкIар ахэращ зи фIыгъэр.
Си адэ СулътIан Азэмэт-Джэрий и къуэр и IэщIагъэкIэ инженер-конструкторт, Черкесск дэт заводым щылэжьащ и гъащIэ псом. Куэдым зэрыдихьэхыр сыт щыгъуи згъэщIагъуэрт. Сыт хуэдэ зэмани еджэ зэпытт зытеухуа IуэхукIэ фIыуэ зэщхьэщыкI тхылъхэм: «Кристаллография», «Гъудэхэмрэ хъумпIэцIэджхэмрэ», «Ноосфера», «Теориер зи лъабжьэ физикэ», «КъэщIэрэщIэжыгъуэм и тхыдэр», къинэмыщIхэр. Ди адэр пхыплъыкIэ куу зиIэ цIыхут. Си къуэшымрэ сэрэ зэхэтщIыхь къомыр, ныбжьыщIэ дыхъуа нэужь, зыгуэр пхыдгъэкIын щхьэкIэ зэIутщэхэр асыхьэтым къыщIигъэщырт. Ауэ Iуэху ищIу зэ диубэрэжьыфакъым. ЩыуагъэнкIи хъунщ. Шахмат джэгуным дригъасэрт. Унагъуэм ис зэраншухэр есэп щIэныгъэхэм хуегъэджэныр зи пщэрылъыр арат.
Гуманитар щIэныгъэхэр ди анэм и пщэ дэлът. Абы МГУ-р къиухат, аспирантурэм щеджат, диссертацэ пхигъэкIат. Къэрэшей-Шэрджэсым ТхыдэмкIэ, щэнхабзэмкIэ, литературэмкIэ и щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и унафэщIу лажьэрт. ЦIыхубэ лэжьакIуэт, депутатт, сытым дежи зыгуэрым дэIэпыкъурт.
ЦIыхухэм зыгуэр ящигъэпсынщIэн зыфIэфI цIыхуфIт, цIыху нэхут. Я гъащIэ псом ди адэмрэ ди анэмрэ библиотекэшхуэ зэхуахьэсати, си къуэшымрэ сэрэ абы «дыщыхъуакIуэурэ» дыкъэтэджащ.
Апхуэдэ унагъуэм щхьэкъэбу укъыщыхъуныр емыкIут. ФIыуэ седжэрт, Ставрополь дэт мединститутыр къэзухащ. ЩIалэгъуэ- псынщIэгъуэм дыхьэулеинуи деджэнуи дыхунэсырт. Студент КВН-хэр, япэрей уэрэдхэр, фестивалхэр - псори зэпхар Ставропольщ. Лэжьэн щыщIэздзар Черкесскщ, областым и сымаджэщым.
ИтIанэ Инжыдж ЦIыкIу сыщылэжьэну сагъэкIуащ. Сабий цIынэ зыIэщIэлъ си щхьэгъусэмрэ сэрэ япэщIыкIэ псы зыщIэмыша икIи ямыгъэплъ къуажэ унэ цIыкIу дыщIэсащ. Дзыгъуэхэри къыддэпсэурт. Си щхьэгъусэр, телъэщIауэ жыпIэмэ, егъэлеяуэ дзыгъуэхэм ящошынэ. Террористхэр, псыдзэ-мафIэсхэр, уз зэрыцIалэхэр сытым щыщ, дзыгъуэхэм елъытауэ? Арати, сэ сыщыщIэкIхэм деж сабийр къищтэрт, Iэнэм дэпщейрти, сыкъэкIуэжыху абы тест. ИужькIэ унафэщIхэм ягу къытщIэгъури, Архъыз Ищхъэрэм зы пэш хъу фэтэр къыщыдатауэ щытащ.
1996 гъэм «Мэзкуу щхьэгъубжэхэр» зыфIаща уэрэджыIакIуэ зэпеуэм си уэрэдхэр зытет кассетэ езгъэхьа нэужь, гу къыслъатэри Мэзкуу сраджащ. Абдеж къыщыщIэдзауэ ежьащ: концертхэр, уэрэд егъэтхынхэр, радио-интервьюхэр, телевиденэм срагъэхьэни щIадзащ.
Уэрэд жыIэнымрэ дохутыр IэзэкIэмрэ здэсхьыну сыхэтащ зыкъомрэ. Ауэ 1999 гъэм тIум я зыр къыхэзмыхыу хъунутэкъыми, Мэзкуу пэгъунэгъуу Дубнэ къалэм сыIэпхъуащ. Абы си къуэш нэхъыжь Мурат дэсщ, психиатр-дохутыру щылажьэу. Сэ сыт щыгъуи абы ещхь сыхъуным сыхуеIэ зэпытт. ДыщыцIыкIум зэ закъуэ сиубэрэжьауэ щытащ. Схуэфащэт, а дерсыр зэи сигу ихужакъым. ПхуэмыIуэтэн хуэдизкIэ сэ нэхърэ нэхъыфIщ си къуэшыр.
Иджыпсту Мэзкуу сыщопсэу. Илъэс тIощI хъуауэ сыунагъуэлI насыпыфIэщ, сабиищ сиIэщ. Сымыщхьэхмэ, уэрэд сотх. Къысхуэвгъэгъу си щхьэм щхьэкIэ куэд зэрыжызмыIэфар, мы тхыгъэри щIызэхэслъхьар сыкъызыхэкIар наIуэ къэсщIын папщIэщ. Гум къинэжыр, си къуэшхэ, Iуэхушхуэщ».
ЧЭРИМ Марианнэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2828.txt"
} |
Зэлъэбжьэгъу бзэхэм я деж
Бзэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Къумахуэ Мухьэдин и тхылъ купщIафIэу «Очерки общего и Кавказского языкознания» зыфIищам щыхьэт зэрыщытехъуэу, адыгэ-убых-абхъаз бзэхэм щIыуэпсым ехьэлIауэ щызэпэджэжу хэт псалъэхэм ящыщ зыбжанэ мыбдежым къыщытхьынщ.
ПсыпцIэ (къэбэрдей-шэрджэс) - уэрэжь (убых) - уэрыжь (адыгей).
Бдзэ, бдзэжьей ( къэбэрдей-шэрджэс) - псэ (убых) - пцэ, пцэжьий (кIахэ адыгэ) - псыз (абазэ) - апсыз (абхъаз).
Псыхъуэ (къэбэрдей-шэрджэс) - псыхъу (шапсыгъ) - хъу, хъупIэ (кIахэ адыгэ, къэбэрдей) - хъуа (франджы бзэщIэныгъэлI, IуэрыIуатэдж Дюмези́ль Жорж зэритхымкIэ, убыхыбзэм щыщщ).
Тхы (адыгей, къэбэрдей-шэрджэс) - а-тх (убыхыбзэм лъагапIэ, Iуащхьэ мыхьэнэр иIэу къыщокIуэ).
Дыгъэ, д(ы)гъа (къэбэрдей-шэрджэс) - ттыгъэ (шапсыгъ, бжьэдыгъу) - (н)дыгъэ (убых).
Сабэ (къэбэрдей-шэрджэс) - саппэ (шапсыгъ, бжьэдыгъу) - саба (абхъаз, абазэ) - сапа (убых).
Псы (адыгэбзэ псоми) - бзы (убых) - дзы (абазэ) - адзы (абхъаз).
Псы щIыIэ (къэбэрдей-шэрджэс) - псы чъыIэ (кIахэ адыгэ) - бзы чIы (убых).
.
ХЬЭТЫКЪУЭ ЩауапцIэ
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2829.txt"
} |
ЛIыгъэмрэ хахуагъэмрэ папщIэ
Хэкум и хъумакIуэм и махуэм ирихьэлIэу, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым зэхыхьэ гуапэ щекIуэкIащ.
Хабзэ зэрыхъуауэ, еджапIэ нэхъыщхьэм и унафэщIхэм, егъэджакIуэхэмрэ студентхэмрэ, хьэщIэхэм зэгъусэу удз гъэгъахэр тралъхьащ университетым и пщIантIэм дэт, Хэку зауэшхуэм хэкIуэда зауэлIхэм я фэеплъым.
Темыркъаным и цIэр зезыхьэ щэнхабзэ центрым къыщызэхуэсахэм КъБКъУ-м и ректор Алътуд Юрий хъуэхъукIэ захуигъэзащ.
- Хэкум и хъумакIуэм и махуэм ди япэ итахэм я лIыхъужьыгъэр дигу къегъэкIыж, апхуэдэуи къэкIуэнум дрегъэгупсыс. Сыхуейт узыншагъэ быдэ фиIэу илъэс куэдкIэ фытхуэпсэуну, фи унагъуэхэм мамырыгъэрэ берычэтрэ илъыну, - жиIащ Алътудым, зауэм хэтахэм, лэжьыгъэм и ветеранхэм захуигъазэу.
КъБКъУ-м щызэхэт ветеран зэгухьэныгъэм и унафэщI Шурдым Хьэсэн жиIащ: «Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щылэжьауэ нобэ ветераниплI псэужу аращ: Балакирев Михаил, Гордиенкэ Иван, Иуанокъуэ Нурбий, Ожередь Максим сымэ. Ахэр ди цIыхубэм зэрахьа лIыхъужьыгъэм и щапхъэщ».
«Афган зауэм, дзэ зэпэщIэтыныгъэхэм хэтахэм я зэгухьэныгъэ» Къэбэрдей-Балъкъэр жылагъуэ IуэхущIапIэм и унафэщI Тхьэгъэлэдж Тимур университетым и унафэщIхэм фIыщIэ яхуищIащ апхуэдэ гулъытэ ветеранхэм зэрыхуащIам папщIэ икIи зэгухьэныгъэм и ЩIыхь тхылъыр еджапIэ нэхъыщхьэм и ректорым иритащ.
Апхуэдэуи Тхьэгъэлэджым къыхигъэщащ Афганистаным советыдзэхэр къызэрырашыжрэ мы гъэм илъэс 30 зэрырикъур. КъБКъУ-м мы зэманым щолажьэ Афган зауэм хэта цIыхуищ - Алъэсчыр Руслан, Багъэтыр Аслъэн, Шурдым Хъусен сымэ.
Университетым и щIыхь тхылъхэмрэ ахъшэ саугъэтхэмрэ зыхуагъэфэщахэм иратыжащ, хэкум и хъумакIуэхэм пшыхь гукъинэж ирагъэлъэгъуащ еджапIэм и уэрэджыIакIуэ, къэфакIуэ гупхэм.
* * *
Бахъсэн районым и куэдщ зи къалэнхэр зыгъэзащIэу дамыгъэ лъапIэхэр зыхуагъэфэщахэр, лIыгъэ къэзыгъэлъэгъуахэр. Абыхэм я щIыхькIэ ирагъэкIуэкIа гуфIэгъуэ пшыхьым хэтащ щIыпIэ администрацэм, Афган зауэм хэтахэм я республикэ центрым, Бахъсэн къалэм, Дзэлыкъуэ, Бахъсэн районхэм я дзэ комиссариатым, зауэм хэтахэм я район зэгухьэныгъэм я унафэщIхэр, кадетхэр, нэгъуэщIхэри.
Къызэхуэсахэм фIэхъускIэ защыхуигъазэм, Бахъсэн районым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм и япэ къуэдзэ Къэзан Заур ехъуэхъуащ махуэшхуэр зыгъэлъапIэхэм, Хэкум и щIыхьыр зыхъумахэм. Афганистаным щекIуэкIа зауэм хэта цIыху 87-м иратащ «40-нэ армэм и къалэнхэр Афганистаным зэрыщиухрэ илъэс 30 ирокъу» юбилей медалхэмрэ щыхьэт тхылъхэмрэ.
Афганистаным и ветеранхэм я республикэ центрым и унафэщI ЦIыпIынэ Резуан «Урысейм щрихьэкI къулыкъум папщIэ» орденыр иритащ Бахъсэн къалэм, Дзэлыкъуэ, Бахъсэн районхэм я дзэ комиссар Сосналы Мухьэмэд. Ветеранхэм я «Боевое братство» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщI, Совет Союзым и ЛIыхъужь, генерал-полковник Громов Борис и Iэр зыщIэлъ щIыхь тхылъхэр хуагъэфэщащ Бахъсэн районым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Iэхъуэбэч Андзоррэ пенсэм щысхэм я район зэгухьэныгъэм и унафэщI Къаздэхъу Олегрэ. Зэхуэсым щедэIуащ совет зауэлIхэм я хахуагъэр щаIэт уэрэдхэмрэ усэхэмрэ.
БАГЪЭТЫР Луизэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "283.txt"
} |
Балъкъэр Рафет: Уи анэм къыпIурилъхьа бзэмкIэ ущыпсалъэращ уи щIыналъэр!
Ди хэкуэгъухэр
Адыгэ лъэпкъым и жылэр щIыналъэ куэдым щыIэпыхуащ, и къуэпсым жыжьэ зыщиубгъуащ. АтIэми, лъэпкъыр хъума хъун папщIэ хэкупсэхэр, лъэпкъылIхэр къыхэкIын хуейщ. Зи гупсысэ адыгэм и Iуэхум хуэгъэпсам адрейхэри абы къыхуреджэ. Абы и щапхъэщ Тыркум щыпсэу Балъкъэр Рафет.
Адыгэшыр тхъумащ
- Ди нэхъыжьхэр хэкум къыщикIым, япэ щIыкIэ лIыкIуэ къакIуэри къэплъащ, щIы яубыдащ. Унагъуищ-плIы зэгъусэу шуууэ къэкIуат. Шы куэд къыздрахуащ Хэкум. Адыгэшыр куэдрэ мыбы щытхъумащ. Абы щыгъуэ дзэр зэрызекIуэр шыти, щIэупщIэ иIэт. Зыкъомрэ абы дыкъуэпсэукIащ. ИужькIэ щIым телэжьэным зеттыжащ.
УнагъуэкIэ шы зыдохуэ, лъэпкъ хабзэу къытхуэнауэ. Ахэр Аданарэ Истамбылрэ щыдогъэхъу. Шы къажэ лъэпкъыфIхэр къытхуохъу. Хэкум къикIахэм ящыщу япэ дыдэ хьэрычэт Iуэхум хыхьа унагъуэхэм дащыщщ дэ. ЩэкI къыщIыдогъэкI, дощэ. Хэкум сыкIуэжри, «хьэрычэт Iуэхур щыхъуну пIэрэ» жысIэу зыщысплъыхьати, къызгурыIуащ зэкIэ щэкIкIэ абы хьэрычэт зэрыщомыщIыфынур. Хэкум щыпсэухэр мыбы къокIуэри, щыгъын да хьэзырыр ирашри ящэж. Щыгъын зыдын абы щыбгъуэтынукъым, дизайнер, стилист жыхуэтIэхэр Налшык щымащIэщ. Илъэс I5 хуэдиз дэкIмэ, Iуэхум зихъуэжыну къысщохъу.
- «Ныбжьэгъугъэ» хасэр.
- Хьэрычэт Iуэхум теухуауэ Тыркум и къалипщIым щаухуа «Ныбжьэгъугъэ» хасэм сритхьэмадэщ. Хасэм адыгэ Iуэху зэрехуэ - адыгэм къилэжьыр нэхъыбэ тщIыну дыхуейщ, ди щIалэгъуалэм IэнатIэ къахуэдгъуэтыну иужь дитщ. Пщэдей махуэм теухуащ ди гупсысэр - мыбы дыщыпсэунумэ, ди Iуэхур адэкIэ зэрыхъунум, щIэблэм я псэукIэр зэтедгъэувэным дытелэжьэн хуейщ.
Хэкур
- Илъэс 15 дэкIащ Хэкум япэу сыкъызэрихьэжрэ, абы и пэ Москва куэдрэ сыкIуат. ЗанщIэу сыунэтIащ ди лъэпкъыр къыщежьа Джылахъстэней щIыналъэм. Ди адэ-анэм сыт щыгъуи абы и хъыбар къытхуащIурэ дыкъекIуэкIати, ди тхыдэр тщIэрт, Хэку лъагъуныгъэр ди гум илът. СыщIэупщIэурэ, ди къуажэгъухэр, ди Iыхьлыхэр къэзгъуэтыжащ.
Телъыджэ сщыхъуат, си гур къигуфIыкIат тыкуэным сыщIыхьэу къэсщэхунум и уасэм анэдэлъхубзэкIэ сыщыщIэупщIам. Ар сыт и уасэт сэркIэ! ДыщыцIыкIум тыркубзэ тщIэуэ щытакъым. Тыкуэным дыщыщIыхьэнум деж, бжэм дыкъыщызэтеувыIэрти, дызыхуейр тыркубзэкIэ зэрыжытIэну щIыкIэр зэдгъэпэщт. Ар сигу къэкIыжат занщIэу. «Мис сэ си щIыр, мис сэ псэкIэ сызыпыщIар», - жысIат сигукIэ. Уи анэм къыпIурилъхьа бзэмкIэ ущыпсалъэращ уи щIыналъэр! ХэкумкIэ си гур гъэзащ. Аращ си щIалэм Кавказ щIыфIэсщар. «Уи цIэм сыт къикIыр?» жаIэу щIэупщIэIамэ, «сызэрыадыгэр къокI», яжреIэ гушхуауэ. Хъыджэбзым и цIэр Нэрысщ.
Адыгэ щыпсэу щIыпIэ куэдым сыкIуащ, я псэукIэр, я шыфэлIыфэр, я Iуэху зытетыр зэзгъэлъэгъуну. Зыщыпсэу къэралым и цIыхухэм ещхь хъуащ куэдыр… Зыкъомрэ захъумэжащ хэхэс адыгэхэм - я хъыджэбзхэр нэгъуэщI лъэпкъ ирамыту, нэгъущI лъэпкъым щыщ къамышэу. ИужькIэ, замыхъумэжыф хъури, бзэри ящыгъупщэжу хуежьащ. Иджы Iуэхур зэрыгужьеигъуэр къагурыIуащи, хасэхэм бзэр щрагъэщIэжыну иужь итщ. ТщIакъым, апхуэдэ дыдэу Iуэхур хэплъэгъуэ хъуну. Хамэ къэрал Iэпхъуа лъэпкъыр зэлъэIэсын папщIэ зэгъунэгъуу итIысыкIын хуейт. Зы унагъуэр зы щIыпIэм, адрейр нэгъуэщIым деж щыпсэумэ, я бынхэр зэдэмыджэгумэ, я нэхъыжьхэр зэдэмыхасэмэ, хамэбзэр къатогуплIэ.
ХамэщIым зыщытхуэхъумэну?
- ХэкIыпIэ гуэр диIэу пIэрэ жызоIэри согупсыс… Къэралым хасэшхуэ щыухуэн хуейщ, лъэпкъым и Iуэху псори абы щекIуэкIыу. Сабийхэр абы щыджэгуу, бзэр, хабзэр щызэрагъащIэу, театр щагъэлъагъуэ, конференц пэшхэр хэту, адыгэ шхыныгъуэхэр щапщэфIу, гуфIэгъуэ, гуауэ дауэдапщэхэр щыдахыу. Нэхъыщхьэр цIыхухэм абы зэман нэхъыбэ щагъэкIуэнырщ. ИджыкIэ къэралхэм щыдухуа хасэхэр цIыкIущ, зы пэш фIэкIа мыхъухэри хэтщ. Абы дапщэ щIэхуэн? Сэ сыт щыгъуи содауэ абы щхьэкIэ, зэпымыууэ а гупсысэр утыку къызолъхьэ. Сыт хуэдизу бзэмрэ хабзэмрэ демылэжьми, зи гугъу сщIа хасэшхуэхэм хуэдэхэр дымыухуэмэ, зытхуэхъумэжыну си фIэщ хъуркъым. Зэ зыдбжыжын хуейщ Iэмал имыIэу - сыт хуэдиз адыгэ дыдэу (бзэр ящIэу жыхуэсIэщ), сыт хуэдиз адыгэ ныкъуэу дыхъуми, хэт сыт хуэдэ IэнатIэ пэрытми. Ар зэуэ къызыкъуэтпхъуэту зэдгъэхъулIэфын Iуэхукъым, хуэмурэ зыкъэтпщытэжыну, зыкъэтщIэжыну аращ. Дыныкъуэкъуэн щхьэкIэкъым ар щIэтщIапхъэр, атIэ ди Iуэху зытетым и пэжыпIэм дыщыгъуэзэн папщIэщ. Адыгэр дызэдэлажьэмэ, дызэрыIыгъмэ, гуапэу дызэхущытмэ ди насыпщ. Ди тхыдэм нэхъыбэу хэтыр гъыбзэщ, гуузщ. Ди гъащIэм гуфIэгъуэр нэхъыбэ щыхъуныр си си хъуэпсапIэщ.
Гугъуэт Заремэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2830.txt"
} |
И Iэпэм дыщэ къыпощ
Хамэ къэралхэм узыщрихьэлIэ адыгэ цIыху гу къабзэхэм, псэ хьэлэлхэм, зи адыгагъэр зыхъумэхэм уахуэза нэужь, уи гур хэмыхъуэнкIэ Iэмал иIэкъым. И дуней тетыкIэкIэ, и IэщIагъэм зэригъэдахэмкIэ дигу дыхьахэм ящыщщ Истамбыл щыпсэу Хьэткъуэ Гюльназ.
А бзылъхугъэр зыхуэмыIэзэ щыIэкъым зыхужаIэ цIыхухэм ящыщщ. И псэм и къабзагъэр и хьэл зэпIэзэрытым къигъэлъагъуэми, нэхъри щызыхэпщIэр и IэмкIэ ищIэхэм уакIэлъыплъа нэужьщ. Я унэмкIэ къыщыщIэддзэнщи, мылъкумрэ уардэунэмрэ дихьэх унагъуэкъым Хьэткъуэхэ. КъатитIу зэтет унэшхуэхэм еса дэ дгъэщIэгъуар пэшитI-щы фIэкIа мыхъу унэ цIыкIур зэрыт къатитIу зэтет лъапсэрщ.
И щхьэм унэр тетщ, гъуэжьыбзэу ларэ удз гъэгъа зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ гъэщIэрэщIауэ. Утыку цIыкIу иIэщ, Iэнэрэ шэнтрэ иту, а пщIантIэр пэгунышхуэхэм ит удз, жыг зэмыщхьхэмкIэ къегъэувэкIащ. Лъапсэм и лъабжьэ къатым уеха нэужь, псысэхэм хэт щIыпIэ гуэрым укъыщыхута хуэдэщ. КъыпцIей, хуэрэджейхэр удзыпцIэ щабэм хэтщ, а щIыпIэм къыщыкI къуацэ баринэхэр я лъабжьэм щIэгуэшауэ. Лъэс лъагъуэ кIуэцIрыкIхэм ущрикIуэкIэ, удзыпцIэм щыплъагъунущ къаз, бабыщ, бжэн, адакъэ IэрыщIхэр, жыг зэхуакум щыфIэдза гъэгъа дахэхэр. А псор зезыхьэм хадэ иIэнкъэ, бэдрэжан, нащэ, шыбжий, къуэн, къуэнтхъурей, джэдгын - дэ тцIыху щхъуантIагъэхэм нэмыщI - Гюльназ и хадэм къыщымыкI удз Тыркум щашхыу къыщIэкIынкъым. А псом махуэ къэс псы щIекIэ, йолIалIэ, уеблэмэ зэпсалъи яхэтщ.
Адыгэ цIыхубзым зэрихьэлу IэпэIэсэщ Гюльназ. Iуданэ зэмыфэгъухэмкIэ дахэу хедыкI, иухар рамэм ирегъэувэри, блынхэм фIэбдзэ хъууэ егъэхьэзыр.
- Ди ныбжьэгъу щIалэм и щхьэгъусэм хидыкIыу щыслъэгъуам занщIэу сехъуэпсат мы IэщIагъэм, - жеIэ Гюльназ. - Сэ пенсэ ныбжьым сынэсу сытIысыжа нэужь, апхуэдэ дахагъэ гуэрхэр къэгъэщIыным си зэманыр тезгъэкIуэдэну сехъуапсэрт. Ныбжьэгъу схуэхъуа а цIыхубзым селъэIури, сригъэсауэ 2008 гъэ лъандэрэ хызодыкI. ЗэращIыр уагъэлъагъумэ, адэкIэ уэ езым хуэмурэ къыбгурыIуэнущ и кIуапIэр. Iуданэхэмрэ щэкIымрэ уиIэмэ, сурэт щхъуэкIэплъыкIэ дахэм къытраха схемэр уи пащхьэ илъмэ, жыпхъэ хьэзырым тепщIыкIыу аращ щэкIым и налъэ зэпэплIимэхэр зэблэдзауэ хэбдыкIыурэ.
Сурэтыр плъыфэ нэхъыбэу зэхэлъыху уэ пщIыри нэхъ дахэ хъунущ. Сэ, псалъэм папщIэ, Iуданэ плъыфэу 65-рэ сиIэщ. Ахэр къэзгъэсэбэпурэ махуэкIэрэ жыг жьауэм щыхызодыкI. Гухэхъуэщ щIым щыт унэ уиIэну, жьы къабзэкIэ уобауэ, щхъуантIагъэм гур хегъахъуэ, щIэх-щIэхыурэ къытхуэкIуэ хьэщIэхэм дытрагъэу. Истамбыл къалэшхуэщ, урегъэзэш, хьэуа къабзэм ущыхуозэш, зыгъэпсэхупIэ щIэх-щIэхыурэ къыболъыхъуэ. Ауэ абы пэгъунэгъу къуажэ цIыкIум щекIуэкI гъащIэр куэдкIэ къыщхьэщокI абы, уи щхьэр, уи гур, уи псэр бгъэтыншу удэсу аращ.
- Псэм фIэфIу пщIэ лэжьыгъэм ахъшэ къыщIэпхыну иужь уихьэныр къемызэгъыу къызолъытэ, - къыпещэ Гюльназ. - Сэ мы сурэтхэр схуэщэнукъым, ауэ си ныбжьэгъухэм сарыхуоупсэ, си унэм фIызодзэ. Срытеун щхьэкIэ зезгъэсауэ арами, гур хэзыгъахъуэ IэдакъэщIэкI сызэриIэм сыщогуфIыкIыж.
НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2831.txt"
} |
Фэилъхьэгъуэхэр щыгъуэтыгъуейм
Шурдым Миланэ зэрысабийрэ творчествэм пыщIащ: сурэт щIын жыпIэми, тхыпхъэщIыпхъэхэр хэдыкIынрами. Къапщтэмэ, ар анэм и лъагъуэщ зрикIуэр. Шурдым (Къанкъул) Лейлэ езыр дэрбзэрщ, и ныбжьыр илъэсипщI щыхъуам къыщыщIэдзауэ мадэ, хедыкI.
- Зэрыджэгу гуащэхэм фэилъхьэгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр яхуиду ди анэм иригъэжьащ гъащIэм къыщыхуэщхьэпэжа IэщIагъэр. ИужькIэ езым и щхьэм хуэдэн щIидзащ. Къэбгъэлъагъуэмэ, нобэр къыздэсым дохъумэ ди анэм тхуидауэ школым дызэрыкIуэу щыта щыгъыныгъуэхэр, - дыщегъэгъуазэ Миланэ. - Ди нэхъыжьхэм зэращIэжщи, япэм гъуэтыгъуейуэ щытащ щыгъыныр. Ауэ зэрыдэ Iэмэпсымэ унагъуэ къэс яIэти, зыгуэрхэр я IэкIэ ядыжырт. Ди анэм и адэшхуэ Къанкъул Гъузер (ефэндыуэ щытащ) сыт щыгъуи щэкI ихъумэрти, ди анэм къритурэ ар а Iуэхум дригъэхьэхащ. Балигъ хъуа нэужьи ди анэм IэщIыб ищIакъым а IэщIагъэр, модельер-конструктору еджауэ алъандэрэ мэлажьэ. Къапщтэмэ, ди анэм зэи мурад иIакъым езым и IэщIагъэм зыгуэр дыхуигъэсэжыну. Абы ищIэм сыкIэлъыплъурэ сэ езыр сыдихьэхащ а лэжьыгъэм.
Миланэ игу къегъэкIыж и анэм дэн щыщIидза ныбжьым езыри щитым, и ныбжьэгъу хъыджэбз цIыкIур и гъусэу, хьэпIацIэ щыгъэкIэ хьэпшып цIыкIуфэкIухэр яблэу зэрыщытар. Уеблэмэ къэхъурт абыхэм я IэдакъэщIэкIхэр гъунэгъухэм, Iыхьлыхэм тыгъэ папщIэу щрат.
ИужькIэ Шурдымым зыщигъэсащ Бахъсэн къалэм дэт художественнэ школым (иджы илъэс еплIанэ хъуауэ ардыдэм егъэджакIуэу щолажьэ). КъыкIэлъыкIуэу, къиухащ КъБКъУ-м декоративно-прикладной гъуазджэмкIэ и факультетыр.
- Адыгэхэм пасэ зэман лъандэрэ къагъэсэбэп дыщэидэ, бэзэридэ Iэмалхэм, уагъэ щIыным я щэхухэм куууэ зыщыщыдгъэгъуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым. ЕджапIэ нэхъыщхьэр къэзуха нэужь, си анэм и гъусэу фащэ здын щIэздзащ. Къапщтэмэ, сыт щыгъуи сыщIэхъуэпсырт лъэпкъ мыхьэнэ зиIэ Iуэху гуэрым селэжьыну икIи абы и лъэныкъуэкIэ узэрыгушхуэнщ адыгэ фащэм иужьрей зэманым гулъытэ хъарзынэ зэригъуэтыжар, - жеIэ Миланэ.
Хъыджэбзым къехъулIэу зэдехь егъэджакIуэ IэщIагъэри и анэм и гъусэу фэилъхьэгъуэхэр хэдыкIынри («Шурдым» фIащащ къызэIуаха ательем).
- ЗэрытщIэщи, адыгэхэм мыхьэнэшхуэ ирату щытащ фащэм тращIыхь дамыгъэхэм икIи ахэр зэмылIэужьыгъуэ куэду зэщхьэщыкIырт. Тхыпхъэхэм фащэр зэрагъэдахэм къищынэмыщIа, дэтхэнэми гупсысэ гуэр щIэлът, - жеIэ Миланэ. - Нэхъыбэу къэкIыгъэ, псэущхьэ теплъэхэр хадыкIырт, е геометрие щытыкIэ яIэт. Къапщтэмэ, иужьрейм нэхъ гулъытэ хуащIырт. Нэхъ цIэрыIуэу къагъэсэбэпу щыта дамыгъэхэм я гугъу пщIымэ, ар выщхьэ теплъэ зиIахэращ. Абы гупсысэшхуэ иIэу къалъытэрт - щIэныгъэрэ къарурэ къыпкърыкIыу. НэгъуэщI зы дамыгъи куэдрэ къагъэсэбэпу щытащ: хъурейм иращIыхь блэм и щхьэм бзу цIыкIу тесу, зы лъэныкъуэмкIэ бдзэжьей кIапэ пыту. Псэущхьэ зыбжанэ къыщагъэсэбэпу щыта тхыпхъэщIыпхъэхэмкIэ дунейм и къэхъукъащIэхэр кърагъэлъагъуэу арат. Апхуэдэ дамыгъэхэм ящIэлъа щIагъыбзэхэр къыщытхуеIуэтэж Накуэ Феликс и тхылъ щхьэпэм. Гу зэрылъыттэщи, ди зэманым цIыхухэм фащэ щахуэдкIэ къэкIыгъэ теплъэ зиIэ тхыпхъэщIыпхъэхэр нэхъ къыхах. Ауэ абыхэм я мыхьэнэм щIэупщIэр куэд хъууэ схужыIэнукъым. Ахэри пхуэгъэкъуэншэнукъым, сыту жыпIэмэ, абыхэм ехьэлIауэ хъыбару ди деж къэсар мащIэщ.
Шурдымым и диплом лэжьыгъэми гъэщIэгъуэнагъ хилъхьэфащ. «Сigar box» фIэщыгъэмкIэ цIэрыIуэ хъуауэ щыта, пхъуантэ теплъэ зиIэ сумкэхэм хуэдэщ хъыджэбзым и лэжьыгъэр къызытрищIыкIар. «Сыщымыуэмэ, апхуэдэ япэ хьэпшыпхэр XVIII лIэщIыгъуэм къежьащ икIи нэхъапэ ахэр зезыхьэу щытар цIыхухъухэрат - тутынылъэу къагъэсэбэпу, - дыщегъэгъуазэ Миланэ. - ИужькIэ пхъуантэ плIимэ цIыкIум къу хуащIри, цIыхубзхэми ахэр кърахьэкI хъуауэ аращ. Абы лъандэрэ ар а цIэм къытенауэ къогъуэгурыкIуэ. Иджыпсту апхуэдэ сумкэхэр «Dolce Gabana» брендым къыдегъэкI. А хьэпшыпым и тхыдэр сфIэгъэщIэгъуэн хъуати, сыдихьэхыу сумкитху сщIащ.
Миланэ а лэжьыгъэм и «хъэтI» зэрыхилъхьэным хущIэкъуащ икIи къехъулIащ. Хьэпшыпхэр я инагъкIи зэхуэдэкъым, я плъыфэкIи зэщхькъым, къищынэмыщIауэ, адыгэхэм я тхыпхъэщIыпхъэ зэхуэмыдэхэр дыщэидэ, бэзэридэ Iэмалхэр къигъэсэбэпурэ ахэр игъэдэхэжащ.
Лъэпкъ IэщIагъэр къыхэзыха хъыджэбзым мурад куэд иIэщ, и хьэпшыпхэр зэригъэлъэгъуэнуми йогупсыс. Ди гуапэщ ахэр зригъэхъулIэну.
БАГЪЭТЫР Луизэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2832.txt"
} |
Азербайджан шхыныгъуэхэр дагъэцIыху
Кавказым и пщIафIэхэм я лъэпкъ зэгухьэныгъэм, Лъэпкъ шхыныгъуэхэмкIэ азербайджан центрым, Урысейм и пщафIэхэм я лъэпкъ ассоциацэм, «Визит Кавказ» турист компанием къызэрагъэпэщри, Налшык къалэ махуищкIэ щекIуэкIащ «Азербайджан шхыныгъуэхэм я махуэхэр - Къэбэрдей-Балъкъэрым» Iуэху дахэр.
ЗэIущIэр къыщызэIуахащ икIи хьэщIэхэмрэ журналистхэмрэ щызэхуэзащ КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым икIи щIидзэн и пэ къихуэу КIуэкIуэм и фэеплъым удз гъэгъа Iэрамэхэр тралъхьащ.
Азербайджаным къикIахэр ирагъэблэгъащ КъБКъМУ-м и проректор Азычэ Светланэ, Сату-технологие факультетым и декан ЛIуп Тимур сымэ.
Азербайджаным щыщ пщафIэхэр дуней псом къыщацIыху IэщIагъэлI лъэрызехьэ защIэщ. Пресс-конференцэм хэтащ Лъэпкъ шхыныгъуэхэмкIэ азербайджан центрым и генеральнэ унафэщI, Азербайджаным и пщафIэхэм я лъэпкъ ассоциацэм и президент, Дунейпсо ислъам пщафIэ зэгухьэныгъэм и вице-президент, инженер-технолог, тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат, профессор Амирасланов Тахир. Абы и гъусэт езым и къуэдзэу, технолог цIэрыIуэхэу, пщафIэ Iэзэхэу Аскеровэ Джейран, Алескеровэ-Кузу Гюльнар, Кулиевэ Тунзаля, Гасановэ Салтанат сымэ. Абыхэм я гъусащ Урысейм и пщафIэхэм я лъэпкъ ассоциацэм и правленэм хэт, WAGS и дунейпсо класс зиIэ судья Перевоз Денис.
Журналистхэм я упщIэхэм жэуап щратым хьэщIэхэм жаIащ лъэпкъ ерыскъым мыхьэнэшхуэ зэриIэр, цIыхум дежкIи псом нэхърэ зэрынэхъыщхьэр.
- Лъэпкъым езым и хабзэ, и бзэ, и пшыналъэ, къафэ зэриIэм, абы зэриIэтым хуэдабзэщ и шхыныгъуэхэри, - жеIэ Амираслановым. – Сэ къуажэм сыкъыщыхъуащ, ди анэшхуэхэм я пщэфIэкIэр слъэгъуащ. Балигъ гъащIэм сыхэбэкъуа нэужь, Ленинград еджапIэм сыщIэтIысхьэри, абдеж щыщIидзащ пщафIэм и гъуэгуанэм. Сызыпэрыт Iуэхур къызэрыгуэкIкъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, лъэпкъым ипщэфIымрэ ишхымрэ къегъэлъагъуэ абы и дуней тетыкIэри, и псэкупсэ къулеягъри, и шыфэлIыфэри. Апхуэдабзэу туризмэм зегъэужьынымкIэ япэ итхэм ящыщщ пщэфIапIэр. Уеблэмэ, абы и хэхъуэм и процент 20-30-р къыхуэзыхьыр ерыскъыращ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, туристыр хамэ къэрал, хамэ къалэ щIэкIуэр зэса шхын щхьэкIэкъым, атIэ нэхъ щIэщыгъуэ гуэр зыIуигъэхуэн папщIэщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым франджы ресторан къыщызэIупхкIэ, франджы туристхэр къыпхудэхьэхынукъым, ауэ балъкъэр хъыршын, адыгэ джэдлыбжьэ ебгъэшхмэ, арэзы хъуауэ ежьэжынущ.
Лъэпкъ шхыныгъуэхэмкIэ азербайджан центрым и генеральнэ унафэщI, Азербайджаным и пщафIэхэм я лъэпкъ ассоциацэм и президент Амирасланов Тахир и лэжьыгъэ нэхъыщхьэм къыдэкIуэу зи ужь итыр азербайджан шхыныгъуэхэр дунейпсо утыку ихьэнырщ, ахэр цIэрыIуэ щIынырщ. Апхуэдэ мурадкIэ къэрал куэдым щIэх-щIэхыурэ макIуэ, уеблэмэ, къэрал унафэщIхэр кърихьэлIэу Азербайджан шхыныгъуэм и махуэхэр хамэ къэралхэм къыщызэрегъэпэщ. Апхуэдэу ар щыIащ Тыркум, Ираным, Украинэм, Кореем, Америкэм, Пакистаным, Инджылызым, Германием, Молдовэм, Сербием, Узбекистаным, нэгъуэщI куэдми.
Журналистхэм дригъэкIуэкIа псалъэмакъым нэмыщI, Амираслановыр КъБКъМУ-м и студентхэм яхуэзащ икIи азебайджан шхыныгъуэхэмрэ Кавказ пщэфIапIэмрэ ди къэралми, хамэ къэралхэми щаIэ мыхьэнэм яхутепсэлъыхьащ.
А махуэм хьэщIэхэмрэ бысымхэмрэ дяпэкIэ зэрызэдэлэжьэну жыпхъэм теухуа зэгурыIуэныгъэм Iэ щIадзащ.
Махуищым къриубыдэу Iуэху дахэ икIи «IэфI» куэд щекIуэкIащ ди лъахэм. Кавказым и пщафIэхэм я лъэпкъ зэгухьэныгъэм хэтхэм урыс ерыскъыхэр ягъэхьэзыращ, абы жэрдэм зиIэхэр хуагъэсащ. ХьэщIэхэр ирагъэблэгъащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу азербайджан хэхэсхэм я центрым икIи пшыхь екIу къыхузэрагъэпэщащ.
Гукъинэж хъуащ «Акрополь» щэнхабзэ-нэгузыужь центрым щекIуэкIа Iуэху нэхъыщхьэри – абы хьэщIэхэм щагъэлъэгъуащ азербайджан ерыскъыхэкIхэм я пщэфIыкIэмрэ ар Iэнэм къызэрытрагъэувэмрэ. Пшыхьым кърагъэблэгъат ерыскъыхэм и IэфIагъыр къэзыпщытэну хьэщIэхэри. Iэнэм и тепщэу щытар, дауи, азербайджан плов гурыхьырт. Плов нэхъ IэфI дыдэу дунейм тетыр азербайджанхэм ящIрауэ хуагъэфащэ, абы и пщэфIыкIэ зэмылIэужьыгъуэу зыкъом зыщIэ Амирасланов Тахир и унафэ щIэт пщащэ пщафIэхэм ар къазэрехъулIам шэч хэлъкъым.
ЦIыхубэм фIыуэ ялъагъу долма цIэрыIуэри ягъэхьэзыращ къэкIуахэм. Профессорым зэрыжиIамкIэ, долма лIэужьыгъуэу щиплIым нэблагъэм я гъэхьэзырыкIэр зэхуихьэсыжри, тхылъ щхьэхуи къыдигъэкIащ. «ЦIыхубэр, жылэм дэсхэр дэ нэхърэ нэхъ губзыгъэщ, нэхъыби ящIэ икIи пщафIэ ехьэжьахэм нэхърэ нэхъ IэфIу мэпщафIэ. Мис абыхэм я дежщ нэхъыфIым дыщылъыхъуэн хуейр, сэ ахэращ сыт щыгъуи си чэнджэщэгъур», - жеIэ зи цIэм дунейпсо мыхьэнэ иIэ пщафIэ Iэзэм.
Зэхыхьэр щызэхуащIыжым, «Сосрыкъуэ» турист комплексым къеблэгъахэм хьэщIагъэ щрахащ ди хэкуэгъухэми. Бысымхэм хьэщIэхэм ирагъэлъэгъуащ адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ я шхын хэплъыхьахэм я гъэхьэзырыкIэмрэ я IэфIагъымрэ. «Азербайджан шхыныгъуэхэм я махуэхэр - Къэбэрдей-Балъкъэрым» Iуэхум и кIэухыу Кавказ пщэфIапIэм щытепщэ лъэпкъ шхыныгъуэ нэхъыфIхэр зытет Iэнэ берычэт къагъэуващ, пщафIэ цIэрыIуэ куэди щызэхуэзащ.
НэщIэпыджэ Замирэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2833.txt"
} |
Мэздэгу адыгэхэм я деж
Гъэ къэси, хабзэ зэрыхъуам тету, Мэздэгу къалэм адыгэ зэхыхьэ щекIуэкIащ. «Мэздэгу адыгэхэм лIэщIыгъуэкIэрэ къадэгъуэгурыкIуэ хабзэхэр» зыфIаща форумым хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ Республикэхэм, Ставрополь крайм икIа хьэщIэхэр. Ди республикэм щыщу мэздэгу адыгэхэм яхыхьащ КъБР-м Граждан жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министр КIурашын Анзор, Дунейпсо, Къэбэрдей Адыгэ Хасэхэм я тхьэмадэхэу Сэхъурокъуэ Хьэутийрэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ, КъБР-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм ЛъэпкъыбзэхэмкIэ и къудамэм и унафэщI Мыз Залинэ, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, журналистхэр.
ХьэщIэхэр зэхуэса нэужь, Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъу Мэздэгу къалэм дэтым удз гъэгъахэр тралъхьащ. Пщэдджыжьым щегъэжьауэ Мэздэгу ЩэнхабзэмкIэ и унэм щекIуэкIащ адыгэм къигъэсэбэпу щыта хьэпшыпхэм я гъэлъэгъуэныгъэ, лъэпкъ къафэхэм щыхуагъасэ дерсхэр.
Зэхыхьэм щIидзэн и пэ къихуэу къэпсэлъахэм къыхагъэщащ зи чэзу зэIущIэм зэкъуэшхэр гуапэу зэрызэришэлIар. Апхуэдэ зэхыхьэхэр хэгъуэгу зэмылIэужьыгъуэхэм ис адыгэхэм дэтхэнэми я щэнхабзэм, щыIэкIэ-псэукIэм зыщагъэгъуэзэнымкIэ, я дуней тетыкIэм нэIуасэ зыхуащIынымкIэ сэбэп зэрыхъур жаIащ. КъищынэмыщIауэ, зэхыхьэм къалэнышхуэ егъэзащIэ ди лъэпкъ щэнхабзэр нэгъуэщIхэм егъэцIыхуным, лъэпкъ зэныбжьэгъугъэр гъэбыдэным теухуауэ.
Лъэпкъ зэныбжьэгъугъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ егъэфIэкIуэным зэрыхэлIыфIыхьым папщIэ а махуэм ягъэлъэпIащ цIыху жыджэрхэр. Мэздэгу адыгэхэр я адэжь щIэинхэр яхъумэу хэгъуэгуитIым зэрыщыпсэур, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Осетие Ищхъэрэ-Аланием, Ставрополь крайм, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм я зэхуаку щэнхабзэ, лъэпкъ зэпыщIэныгъэхэр, зэныбжьэгъугъэ дэлъынымкIэ Мэздэгу Адыгэ Хасэм лэжьыгъэшхуэ зэрыригъэкIуэкIыр къыхагъэщащ къулыкъущIэхэм.
Зэхыхьэм купщIэ нэхъыщхьэ хуэхъуат Ставрополь крайм щыIэ «Адыгэхэр» щэнхабзэ центрым и унафэщI, ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым хэт Шыбзыхъуэ Юрэ и жэрдэмкIэ траха документальнэ фильмым и гъэлъэгъуэныгъэр. Фильмыр тезыха, Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журналист ТIэш Светланэ жиIащ: «Илъэс 250-рэ и пэкIэ Джылахъстэнейм иIэпхъукIыу Тэрч и сэмэгурабгъу Iуфэм, Мэздэгу щетIысэха къэбэрдеипщхэмрэ абыхэм я блыгущIэтхэмрэ къатепщIыкIауэ нобэ а щIыналъэм ис ди къуэшхэмрэ ди шыпхъухэмрэ я щыIэкIэ-псэукIэм теухуа фильм техыныр япэу зигу къэкIар Ставрополь щIыналъэм щызэхэт «Адыгэхэр» шэрджэс щэнхабзэ центрым и унафэщI Шыбзыхъуэ Юрэщ. Юрэ крайм щылажьэ Лъэпкъ, къэзакъхэм я IуэхухэмкIэ и комитетым зыхуигъазэри, и мурадыр къыдаIыгъащ икIи мылъкукIэ зыкъыщIагъэкъуащ».
- Сэ апхуэдэ лъэIукIэ зыкъыщысхуигъазэм «хьэуэ» къыхэзгъэкIакъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, куэд щIауэ си хъуэпсапIэт мэздэгу адыгэхэм я IуэхущIафэ, шыфэлIыфэ, псэукIэр зыхуэдэр зэзгъэщIэну. Махуищ щыдгъэкIуащ Мэздэгу къалэм, Азэней, Иналхьэблэ, Русское жылэхэм, - къыддогуашэ Светланэ. - Хуабжьу хъыбар куэд икIи гъэщIэгъуэн зэхуэтхьэсащ а махуэхэм. Тхыдэми дыхуеплъэкIыжащ, иджырей гъащIэри къэдгъэлъэгъуащ, я псэукIэм епха Iуэхугъуэхэри зэдгъэщIащ. Куэд щыгъуазэкъым мэздэгу адыгэхэм дин зэмыщхь зэрызэрахьэм – и ныкъуэр муслъымэнщ, и ныкъуэр чыристэнщ. Чыристэнхэм члисэр я тхьэелъэIупIэщ, муслъымэнхэр мэжджытым йокIуалIэ, ахэр зыдэт къуажэхэр гъунэгъу дыдэу зэпэщысщ. Ауэ зыщ нэхъыщхьэр – муслъымэнхэри чыристэнхэри гурэ псэкIэ адыгэщ, зэрахьэр адыгэ хабзэщ, зэрыпсалъэр адыгэбзэщ. Ахэр псори нэхъ гъунэгъу зэхуэзыщIыр адыгагъэращ. Арагъэнщ тетха фильмым купщIэ хуэхъуари. Иналхьэблэ, Азэней жылэхэм дыщыщылэжьа пIалъэ кIэщIым къриубыдэу дэ тлъэгъуащ нэхъыщIэхэм нэхъыжьым пщIэ зэрыхуащIыр, цIыхубзхэр цIыхухъухэм я гъусэу Iэнэ зэрымытIысыр, нысащIэхэр тхьэмадэр зыщIэс пэшым зэрыщIэмыхьэр, адыгэ шхыныгъуэхэр зэрапщэфIыр, нэгъуэщIхэри. Мыбыхэм зэхэгъэж яIэкъым - муслъымэнрэ чыристэнрэ жаIэу, ахэр зэрошэ, унагъуэ зэдаухуэ, зэгурыIуэу зэдопсэу. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, псом япэ ирагъэщыр я лъэпкъ зэхэщIыкIымрэ адыгагъэмрэщ, я хабзэ зехьэкIэмрэ адыгэбзэмрэщ.
«Адыгэхэр» шэрджэс щэнхабзэ центрым и тхьэмадэ Шыбзыхъуэ Юрэ зэрыжиIэмкIэ, фильмыр хэгъэгу зыбжанэм къарэл телевиденэмкIэ щагъэлъэгъуащ, апуэдэуи центрым ютуб каналым фыщеплъыфынущ.
- ЩIыналъэкIэ дызэпэмыжыжьэу, ауэ ди хъыбаркIэ дызэрымыщIащэу дыкъекIуэкIащ мэздэгу адыгэхэмрэ дэрэ, - къыддогуашэ Юрий. - Ди щэнхабзэ центрыр Дунейпсо Адыгэ Хасэм хыхьа нэужь, Мэздэгу жылагъуэ зэгухьэныгъэри къыхагъэхьати, абы дыщызэрыцIыхуащ, хъыбархэр зэIэпытх хъуащ, уеблэмэ махуэшхуэхэр, зэIущIэхэр ди щхьэусыгъуэу дызэкIэлъокIуэ, дызэдолажьэ. ДызыхэпсэукI пIалъэр къэщIэрэщIэжыныгъэм и лъэхъэнэу жыпIэ хъунущ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, щIалэгъуалэм я лъэпкъ зэхэщIыкIыр нэхъ къэушащ, социальнэ сетьхэм хъыбар щызэIэпахыурэ, дэнэ щыпсэури зэрощIэ. Мис апхуэдэ Iуэхугъуэхэм къыхэкIыу тIэкIу нэхъ тIэщIэхуа мэздэгу адыгэхэр утыку къитшэжыну, абыхэм я хъыбар куэдым къедгъэщIэну ди мураду фильмыр техыным иужь дихьати, къыдэхъулIауэ жыпIэ хъунущ.
Мис апхуэдэу адыгэ Iуэхум жыджэру хуэлажьэ цIыхухэрщ «Мэздэгу адыгэхэм лIэщIыгъуэкIэрэ къадэгъуэгурыкIуэ хабзэхэр» зэхыхьэр щIаублар. Мэздэгу Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Факъуэ Руслан лъэкI къигъанэркъым мэздэгу адыгэхэм къызыхэкIам хуэфащэу къэгъуэгурыкIуэнымкIэ, я бзэ, хабзэ, щэнхабзэ, тхыдэ яIэщIэмыхуу, щIэблэ узыншэ къащIэхъуэу псэунымкIэ.
НэщIэпыджэ Замирэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2834.txt"
} |
НОБЭ
ЩэкIуэгъуэм и 1,
блыщхьэ
♦Урысей Федерацэм и Суд Приставхэм я махуэщ
♦Урысейм менеджерым и махуэр щагъэлъапIэ
♦1857 гъэм Урысейм япэ пощт маркыр къыщыдагъэкIащ.
♦1922 гъэм Налшык парт школ къыщызэIуахащ.
♦1936 гъэм Налшык Урыс къэрал драмэ театр къыщызэIуахащ.
♦1917 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, Ленин саугъэтым, СССР-м, РСФСР-м я Къэрал саугъэтхэм я лауреат Кулиев Къайсын.
♦1938 гъэм къалъхуащ къэрал жылагъуэ лэжьакIуэ щIэныгъэлI, УФ-м щIыхь зиIэ и экономист ГуэбэщIыкI Жантемыр.
♦1947 гъэм къалъхуащ медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Шыгъушэ Хьэсэн.
♦1966 гъэм къалъхуащ экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, КъШР-м щIыхь зиIэ и экономист Уэзы Аслъэн.
*Дыгъэр къыщIэкIынущ сыхьэти 6-рэ дакъикъэ 40-м, къухьэжынущ сыхьэт 16-рэ дакъикъэ 57-м.
*Махуэм и кIыхьагъщ сыхьэт 10-рэ дакъикъэ 17-рэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru сайтым зэритымкIэ, ди республикэм уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 13 - 14, жэщым градус 8 - 9 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Дахагъэм дагъуищэ егъэпщкIу.
Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2836.txt"
} |
Политик цIэрыIуэм и щIыхькIэ
Бахъсэн муниципальнэ районым и стадион нэхъыщхьэм щызэхэтащ 2005 - 2006 гъэхэм къалъхуахэм футболымкIэ я зэхьэзэхуэ. Ар хухахащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и япэ Президент КIуэкIуэ Валерэ къызэралъхурэ илъэс 80 щрикъум.
ЩIыналъэм и къуажэ 13-м къызэрагъэпэща командибл зэхьэзэхуэм хэтащ. ДжэгукIэ гуащIэ, удэзыхьэх къыщагъэлъэгъуа зэпеуэм пашэныгъэр щаубыдащ Зеикъуэрэ Къубэ-Тэбэрэ я футболистхэмкIэ зэхагъэува командэм. ЕтIуанэ увыпIэр иубыдащ ХьэтIохъущыкъуей къикIахэм. Домбеякъ медалхэр зыIэригъэхьащ Ислъэмей и командэм.
Спортсмен ныбжьыщIэхэм саугъэтхэр яритащ Бахъсэн щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Iэхъуэбэч Андзор. Абы спортсменхэм фIыщIэ яхуищIащ джэгукIэ дахэ къызэрагъэлъэгъуам папщIэ икIи къыхигъэщащ республикэм и зыужьыныгъэмрэ егъэфIэкIуэнымрэ политик цIэрыIуэм и хэлъхьэныгъэшхуэр.
КЪЭХЪУН Бэч.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2837.txt"
} |
ЕтIуанэ гуп увыпIэр зыIэрагъэхьэ
Грознэ къалэм щекIуэкIащ «Динамо» зэгухьэныгъэм и Совет нэхъыщхьэм IэпщэрызауэмкIэ и щхьэзакъуэ-гуп урысейпсо чемпионат. Зэхьэзэхуэм хэтащ Урысей Федерацэм и щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм къикIа спортсмен 200-м щIигъу. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэ МВД-м и спортсменхэм зэфIэкI лъагэхэр къагъэлъэгъуащ икIи етIуанэ гуп увыпIэр зыIэрагъэхьащ.
Ди республикэм щыщхэр къыщыхэжаныкIащ щхьэзакъуэ зэпеуэми. Зи хьэлъагъыр килограмм 90-м нэблагъэхэм я деж етIуанэ увыпIэр къыщихьащ УФ-м и МВД-м и «Бахъсэн» ППС-м и лэжьакIуэ, полицэм и лейтенант нэхъыжь Мыщхъуэжь Астемыр. Щызэуа гупхэм домбеякъ медалхэр щызыIэрагъэхьащ УФ-м и МВД-м и управленэу Налшык къалэ щыIэм и лэжьакIуэхэу: ОВД-м и батальон щхьэхуэм и лэжьакIуэ, полицэм и сержант ЛIыкъуэщауэ Альберт, ППС-м и сержант нэхъыщIэ Балэ Астемыр, дознаватель, полицэм и лейтенант Зэшай Шамиль, ОПП ОРЛС-м и IэщIагъэлI , лейтенант нэхъыжь Башиев Альберт, УФ-м и ОМВД-м Шэрэдж районым щиIэ и къудамэм и уголовнэ къэлъыхъуэныгъэм и оперуполномоченнэ, полицэм и лейтенант Бозий Астемыр, КъБР-м щыIэ МВД-м и УНК и «Гром»-м и оперуполномоченнэ нэхъыжь, полицэм и лейтенант нэхъыжь ТыIэщ Аслъэнджэрий сымэ.
Гупыр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ КъБР-м щыIэ МВД-м и УРЛС IэщIагъэм хуэгъэхьэзырынымкIэ и къудамэм и унафэщI, майор Къуэныкъуей Азэмэтрэ КъБР-м щыIэ МВД-м и УНК «Гром»-м и оперуполномоченнэ, лейтенант нэхъыжь Щоджэн Муратрэ.
КЪЭХЪУН Бэч.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2838.txt"
} |
Къущхьэ Каринэ: ЩIэныгъэ лей щыIэкъым
Щхьэлыкъуэ къуажэм щыщ, Май къалэм и №5-нэ еджапIэм инджылызыбзэмкIэ щезыгъаджэ Къущхьэ Каринэ Ростов къалэм щекIуэкIа «Илъэсым и егъэджакIуэ-2021» зэхьэзэхуэм и урысейпсо утыкум зэрынэсам, абы щэзэпеуахэм япэ ища цIыху I5-м ящыщ зэрыхъуам и хъыбар нэхъ пасэуи фхуэтщIауэ щытащ.
«Дауэ егъэджакIуэм и пщIэр къэIэтыжа зэрыхъунур? Сыт нэхъыщхьэу къыхэпхар апхуэдэ утыкушхуэ узэритам? Бзэ зыбжанэкIэ узэрыпсалъэм адыгэбзэр зэран хуэхъурэ? БзэкIэ щызэхъуажэ еджапIэ къызэIупхынтэкъэ хамэ къэрал щыпсэу, анэдэлъхубзэ зрагъэщIэну Хэкужьым къакIуэ сабийхэм папщIэ? Уи бынхэр егъэджакIуэ хъуну ухуей?», - апхуэдэ упщIэхэмкIэ зыхуэдгъэзащ Каринэ, езыр нэхъ гъунэгъуу зэдгъэцIыхун мурадкIэ. И жэуапхэр фи пащхьэ къыдолъхьэ.
- Япэ къэсыр егъэджакIуэ хъуфынукъым, сэ сызэрегупсысымкIэ. Сабийр фIыуэ лъагъун хуейщ – аращ IэщIагъэм и лъабжьэр. И гум щыщIэр зыхэпщIэу, зыгъэгуфIэми зыгъэнэщхъейми ущыгъуазэу убгъэдэтмэ, езыми и дзыхь къуигъэзынущ. А псом и щхьэ къокIуэ егъэджакIуэм щIэныгъэ куу бгъэдэмылъу зэрымыхъунур. ЕджакIуэр зыщIэупщIэ псоми я жэуапыр егъэджакIуэм деж щигъуэтыпхъэщ. Сабийм бгъэдэплъхьэ темэм и купщIэр игу къинэн папщIэ, узытепсэлъыхьыр нэрылъагъу щыпщIыфу щытын хуейщ, псалъэ гъущэкIэ утемыпсэлъыхьу, щапхъэхэр куэду къыхуэпхьу. ЕджапIэм къыщIих щIэныгъэр гъащIэм къызэрыщыхуэсэбэпынур и фIэщ пхуэщIмэ, езыри щIэныгъэм нэхъ жану хуеIэну къысщохъу.
ТщIэ псоми и мурадыр къыдэкIуэтей щIэблэр лъэпкъри, унагъуэри, къэралри щIэгушхуэ цIыхуу дгъэсэнырщ. Аращ егъэджакIуэм и къалэн нэхъыщхьэри, и IэщIагъэм фIыуэ хищIыкIын хуейщ.
«Илъэсым и егъэджакIуэ» зэпеуэр зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэ куэду зэхагъэуват. Ауэ псом нэхърэ мыхьэнэ нэхъ зиIэу щытар «гъэунэхуныгъэ» дерсырщ. Сэ згъэхьэзырын хуейуэ къыспэщIэхуари гъэщIэгъуэнт: «Сэ сыхэт?» упщIэм и жэуап еттын хуейт. Сабийхэм я цIэр, я ныбжьыр, къызыхэкIа унагъуэр, зыщыщ къэралыр, я бзэр зыхуэдэр жаIэу, лэжьыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр щедгъэкIуэкIащ дерсым.
ФIыщ зэпеуэшхуэм ухэтынуи, абы уи цIэр фIыкIэ къыщыхэщынуи, увыпIэ гуэр къыщыпхуэхьынуи. Ауэ нэхъыщхьэжу къызолъытэ си зэфIэкIыр зэрыхэхъуам сэри си лъэр нэхъ быдэ зэрищIар, си еджакIуэхэм нэхъыбэ ябгъэдэслъхьарэт жысIэу гукъыдэж къызэрызитар.
Зы бзэ щыIэу си фIэщ хъуркъым зэран къыпхуэхъуну, ауэ цIыху губзыгъэм сытым дежи и анэдэлъхубзэр япэ иригъэщынущ. Нобэ инджылызыбзэм дуней псом япэ увыпIэ щиубыду жыпIэмэ, укъэпцIэнкъым, дауи. Ауэ сэ абы сызэреплъыр дунейр зэзыгъэуIу Iэмэпсымэ хуэдэущ. ЩIэныгъэлIхэми къахутащ цIыхум бзэ нэхъыбэ ищIэхукIэ зэрынэхъыфIыр.
Зыр зым зэран хуэхъуркъым. Бзэ нэхъыбэ пщIэхукIэ, абы уи щIэныгъэм хегъахъуэ, уэри зыуегъэужь. Си диплом лэжьыгъэр щызгъэхьэзырым щыгъуэ, ипэкIэ гу зылъызмыта куэд къыхэсхащ си анэдэлъхубзэми адрей бзэхэми. Адыгэбзэ, урысыбзэ, инджылызыбзэ – а бзищыр зэзгъапщэу арат. ЕтIуанэ, ещанэ бзэ щызэбгъащIэкIэ, ахэр уи бзэм щеплъытым деж, анэдэлъхубзэми нэхъ хэпщIыкIыу уохъу, ар нэхъыфIу къыбгурыIуэу, бзэм и дахагъэр нэхъ гунэсу зыхэпщIэу.
Зэманыр иджыпсту апхуэдизкIэ псынщIэу макIуэри, улъэщIыхьэн папщIэ, укъэувыIэн дэнэ къэна, укIэлъыжэн хуей мэхъу. Нобэ зи гугъу тщIа зэпеуэхэми наIуэу щыболъагъу нэхъыбэ зэзгъэщIарэт, нэхъ тегушхуауэ сыпсэуарэт жыпIэу ущытын зэрыхуейр.
Ди бзэр тхъумэжынуми, тщыгъупщэнуми, дэтхэнэ зыри дыхуитщ, ар зыми къыттрихыфынукъым. Инджылызыбзэр зэрыпщIэми зэран къикIыну къысщыхъуркъым, Iэмал нэхъыбэ къуитыну фIэкIа. Ар хамэ къэралхэм щыпсэухэм, дунейр зэрыщыту зэрыпсэу щIыкIэм щыгъуазэ узыщI, псори къызэщIэзубыдэ Iэмэпсымэщи, аращ апхуэдэу зыщIиубгъуар.
БзэкIэ щызэхъуажэ еджапIэхэр сэбэпынагъышхуэ зыхэлъ Iуэхугъуэщ. Си щхьэкIэ зыкъэсщтэжынщи, 2015 гъэм згъэунэхуащ апхуэдэ егъэджэкIэ Iэмалым къыпхуищIэр зыхуэдизыр. Гукъыдэж сщIыри, Италием мазэ псокIэ сыщыIауэ щытащ я бзэмрэ я щэнхабзэмрэ щыгъуазэ сыщыхъун папщIэ. Сыдихьэхауэ, сфIэфу есхьэкIат а лэжьыгъэр. Аращи, апхуэдэ еджапIэр сэбэп зэрыхъунумкIэ сыщыхьэтщ.
Си хъуэпсапIэхэр зэхьэлIари зытеухуари еджакIуэхэрщ. Зэман гуэр дэкIмэ, абыхэм школыр къаухынущ. «Сыту щIэныгъэфI къыдбгъэдилъхьат, сытуи къысхуэсэбэпат абы дызыхуригъэджар, дызыхуигъэсар», - жаIэжмэ, ахэр цIыху губзыгъэу, гъэсауэ, насыпыфIэу дунейм тетмэ, мис аращ мыхьэнэшхуэ зиIэр.
Си анэшхуэм егъэджакIуэ IэщIагъэм пщIэ егъэлея хуищIу щытащ. И адэр къуажэм егъэджакIуэ цIэрыIуэу зэрыдэсарщ абы и щхьэусыгъуэр. Езыр егъэджакIуэ зэрымыхъуар и гукъеуэу, и бынхэми, абыхэм я быныжхэми а хъуэпсапIэр яIэригъэхьащ. Абы хущIегъуэжаи зыри къытхэткъым. Унагъуэр зы дыщыхъужам деж, ди псалъэмакъыр нэхъыбэу зэхьэлIар школырщ. «Мы фи педсоветыр щIэх иухыну», - жаIэурэ, къытщыдыхьэшххэу икIи дызэпамыудыфу апхуэдэщ ди Iыхьлыхэм.
Дэтхэнэ цIыхуми езым и гуращэ иIэжщ. Нобэ ди сабийхэм сыт хуэдэ IэщIагъэ къыхахыну пIэрэ жысIэу, иджыпсту абы и Iуэху зесхуэркъым. Езыхэм къыхахыну сыщогугъ я гур зэтауэ, яфIэфIу «срилэжьарэт» жыхуаIэ IэщIагъэ. Ауэ сыхуейщ си унагъуэм зэман куэдкIэ къыдекIуэкIа егъэджакIуэм теухуа хабзэр щысхъумэну, а лэжьыгъэм пщIэ лей хуащIу къэзгъэтэджыну.
Чэрим Марианнэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2839.txt"
} |
Армеец ныбжьыщIэхэм я щIыналъэ зэхуэс
Налшык дэт Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм къыщызэIуахащ армеец ныбжьыщIэхэм я урысейпсо жылагъуэ зэщIэхъееныгъэм и IV щIыналъэ слётыр. Абы ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и еджакIуэ ныбжьыщIэу 100-м щIигъу зэщIэхъееныгъэм хагъэхьащ.
ГуфIэгъуэ дауэдапщэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "284.txt"
} |
Адыгагъэр я Iэпэгъуу щIэныгъэ лъагъуэр хэзышхэр
Адыгэу ущытыным къикIыр зауэлI хахуэм и псэ пIутынырщ. Щхьэхуитыныгъэм зэрыхуэпабгъэмрэ къарууэ яхэлъамрэщ а лъэпкъым гъуэгугъэлъагъуэ хуэхъуари и тхыдэр зыгъэнэхуари. Зэман куэд дэкIащ ди лъэпкъым зэрихьа лIыгъэмрэ бэлыхьу зыхэтамрэ лъандэрэ, ауэ а хахуагъэмрэ лIыгъэмрэ ноби тфIэкIуэдакъым. Абы и зы Iыхьэ цIыкIущ Москва къалэ и "Сокол" районым щылажьэ "Радий" щIэныгъэ-производственнэ IуэхущIапIэ" АО-р.
ПщIэшхуэ зиIэ ди хэкуэгъу щIалэхэр зэхуэзышэсар зи гугъу тщIы IуэхущIапIэм и унафэщI Къуэн Мухьэмэд Iэбубэчыр и къуэрщ. Мухьэмэд къызэрымыкIуэущ лэжьыгъэм зэрыбгъэдэтыр, сыт хуэдэ къалэнми гугъуехьми къэрал бгъэдыхьэкIэ къыхуегъуэтыф. Апхуэдэуи ар зи унафэщI IуэхущIапIэм лэжьыгъэу щызэфIахыр мащIэкъым. Предприятэм и къежьапIэм жыжьэ къыщыщIедзэ. Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм ар яухуауэ щытащ Iэщэ зэмылIэужьыгъуэхэр къыщыщIагъэкIыну. Зауэр иуха нэужь, ар сыхьэт щызэпкъралъхьэ завод ящIащ, 1959 гъэм "Эра" заводыщIэ къыщызэIуахащ. Мис абы иужькIэ къэунэхуащ "Радий" акционер обществэри. Мы IуэхущIапIэр Урысей Федерацэм и зыхъумэжыныгъэ-промышленнэ комплексым хохьэ икIи лIэщIыгъуэ ныкъуэм щIигъуауэ радиотехникэ электроннэ Iэмэпсымэхэр къыщIегъэкI.
Иужьрей илъэсхэм IуэхущIапIэм и лэжьыгъэм хэпщIыкIыу зиужьащ. НобэкIэ абы патент 50 иIэщ, абы хохьэ европэ, япон, США патентхэри. УнафэщIхэм яхузэфIэкIащ иджырей мардэхэм изагъэ щIэныгъэ-техникэ центр лъэрыхь къызэрагъэпэщыну. Абы щыхьэт тохъуэ ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей академием, щIэныгъэ, егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэм, псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, Москва къэрал университетым и химие факультетым, нэгъуэщIхэми ядэлэжьэну зэгурыIуэныгъэхэр зэрыращIылIар.
"Радий" щIэныгъэ-производственнэ IуэхущIапIэ" АО-р нобэ къалэныщIэхэм зезыпщыт IэнатIэщ. Иджы ахэр зиужь ихьа вакуумнэ микроэлектронникэм и зыужьыныгъэр ди къэралым и технологие лъабжьэм зы IыхьэфIу хэувэфынущ икIи Урысейм и промышленнэ, щIэныгъэ, дзэ къарур нэхъри игъэбыдэнущ. А унэтIыныгъэр зи нэIэ щIэтыр физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, УФ-м и Къэрал саугъэтым щIэныгъэмрэ техникэмкIэ и лауреат Бэвыжь Мухьэмэд Данил и къуэрщ.
Апхуэдэу проект нэхъ инхэм ящыщщ щIыгъэпшэрхэр къыщIэгъэкIыныр. Экологие и лъэныкъуэкIэ шынагъуэншэ технологиехэмкIэ псынщIэу ткIу щIыгъэпшэрхэр къыщыщIагъэкIыну заводыр Ставрополь крайм хыхьэ Невинномысск къалэм щаухуэ. А унэтIыныгъэм зезыгъэужьар езы Къуэн Мухьэмэдщ. Технологие проектыр гъэхьэзырыным хэлIыфIыхьащ Хьэмыз СулътIан Хьэжсет и къуэр. Абы папщIэ зыхуеину щIэныгъэ лъабжьэр гъэхьэзырыныр и нэIэ щIэтщ СулътIан и къуэш, химие щIэныгъэхэм я доктор, ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей академием Геохимиемрэ аналитикэ химиемкIэ и институтым и щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыжь, лабораторэм и унафэщI Хьэмыз Руслан.
IуэхущIапIэм мыхьэнэшхуэ щрат иджырей производствэ, щIэныгъэ лэжьыгъэхэм компьютер технологиер и лъабжьэу, зыуэ щыт хъыбарегъащIэ утыку яIэу зэрыщытыпхъэм. АбыкIэ унафэщIыр физико-математикэ щIэныгъэхэм я кандидат, "Радий" IуэхущIапIэм и генеральнэ унафэщIым и къуэдзэ Бэвыжь Iэмин Данил и къуэрщ.
Абы щолажьэ КъБР-м, КъШР-м, Ставрополь крайм, нэгъуэщI хэгъэгухэм къикIа щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэр. Апхуэдэуи ныбжьэгъуфIу яIэщ спортым, щэнхабзэ, политикэ, гъуазджэ, хьэрычэт Iуэхум щыцIэрыIуэхэу УФ-м и Правительствэм деж щыIэ Финанс университетым и ректор Есчындар Михаил, УФ-м и цIыхубэ артист Тут Заур, Абхъаз Республикэм ШынагъуэншагъэмкIэ и советым и секретару щыта Килбэ Мухьэмэд, боксер цIэрыIуэ Цзю Константин. IуэхущIапIэм щекIуэкI зэхуэсхэм щIэх-щIэхыурэ щыплъагъунущ ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей академием и унафэщIхэмрэ абы хэт академикхэмрэ.
Адыгэр ижь-ижьыж лъандэрэ цIэрыIуэщ хьэщIэхуэфIу зэрыщытымкIэ. А хабзэр хэлъщ Бэвыжь Мухьэмэди. Ар къэзыцIыху дэтхэнэ зыми ещIэ Москва зы адыгэ жьэгу зэрыдэтыр. Мухьэмэд и деж адыгагъэми, щIэныгъэми, гъащIэми утепсэлъыхьу ущызэхэс хъунущ. Апхуэдэуи Мухьэмэд и гумащIагъыр куэдым ялъоIэс, илъэс Iэджэ щIауэ Сабий унэм и дэIэпыкъуэгъушхуэщ. Къуэн Мухьэмэд адрейхэм къахэзыгъэщ хьэл нэхъыщхьэу иIэщ цIыхухэм пщIэ зэрахуищIыр, зэрыхьэлэлыр, пэжым, фIым и телъхьэу зэрыщытыр.
Къэбарт Мирэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2840.txt"
} |
Зэпеуэм зы увыпIэкIэ къыщыдокIуэтей
Волгоград щекIуэкIащ Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и япэ гупым щекIуэкI зэхьэзэхуэм хыхьэу «Ротор-2»-мрэ «Спартак-Налшыкымрэ» я зэIущIэр.
ЗэпэщIэтыныгъэм и пэщIэдзэ дакъикъэхэр командэхэм жыджэрагъышхуэ къамыгъэлъагъуэу къыщIадзащ. Дэтхэнэри щтэIэщтаблэт, щыуагъэ зыIэщIагъэкIыну хуейтэкъым.
Джэгур зэрыщIидзэрэ дакъикъэ пщыкIутху нэхъ дэмыкIауэ ди щIалэхэм ебгъэрыкIуэныгъэ псынщIэ къызэрагъэпэщащ. Хэгъэрейхэм я штрафнойм илъадэ Хьэшырым топыр Жангуразовым къыхуигъэжащ. Волгограддэсхэм я гъуащхьэхъумэхэм Iэзэу къапекIуэкIа Алан, хуэзанщIэ къыхуэхъуа гъуащхьэтетым пэжьыжьэ плIанэпэмкIэ топыр иутIыпщащ. Репиныр абы лъэIэсакъым – 0:1.
Япэ зэрищам «Спартак-Налшыкым» и джэгукIэм жыджэрагъышхуи къыхилъхьауэ пхужыIэнутэкъым, бжыгъэр къызэIуэха нэужь щытыкIэм зэрызихъуэжа щыIэкъым – пэщIэдзэми хуэдэу зэпэщIэтыныгъэр кIащхъэт, уеблэмэ хэгъэрейхэр ипэкIэ зэрыкIуэтэным хущIэкъурт.
ЗэпэщIэтыныгъэм и япэ дакъикъэ щэщIыр нэблэгъауэ «Ротор-2»-м контратакэ псынщIэ къызэригъэпэщащ. Абы хэту топыр къызыIэрыхьа хэгъэрейхэм я гъуащхьэхъумэныкъуэ Михайловыр зэкIэлъхьэужьу ди гъуащхьэхъумищым яIэщIэкIащ. Штрафнойм зэрихьэу ар занщIэу гъуэм еуащ, арщхьэкIэ щытыкIэм сакъыу кIэлъыплъ а махуэм налшыкдэсхэм я гъуэм дагъэува Къардэн Имран топыр къищтащ.
Япэ Iыхьэр иухыным куэд къэмынэжауэ «Ротор-2»-м и жыджэрагъым хигъэхъуащ, уеблэмэ бжыгъэр зэхуэдэ ищIыжыну Iэмали иIащ. Ди штрафнойм зэман кIыхькIэ изэрыхьа топыр волгограддэсхэм ящыщ зым къыIэрыхьэри, «Спартак-Налшыкым» и гъуэм еуащ. Гъуэм дыхьэ топым къригъэгъэзащ Шумахуэ Заур.
Командэхэм загъэпсэхуу къихьэжа нэужь зэIущIэр хьэщIэхэм я тепщэныгъэкIэ къыщIидзэжащ. Ди щIалэхэр щIэх-щIэхыурэ ебгъэрыкIуэт икIи джэгур «Ротор-2»-м и лъэныкъуэмкIэ ягъэIэпхъуат.
«Спартак-Налшыкым» и текъузэныгъэмкIэ угловой къилэжьащ. Ар хьэлэмэту иухащ - волгоград футболым и гъэсэну къытхэт Черткоевым къиутIыпща топым щхьэкIэ еуэри и гъуэм дигъэкIыжащ «Ротор-2»-м и гъуащхьэтет Репиным - 0:2.
Дакъикъэ зыбжанэ фIэкIа дэмыкIауэ хьэщIэхэм иджыри зы ебгъэрыкIуэныгъэ лъэщ къызэрагъэпэщащ. Аргуэру къыхэжаныкIащ Черткоевыр, ауэ иджы ар зэуа топыр зымащIэкIэ штангэм блэлъэтащ.
«Ротор-2»-р куэд дэмыкIыу контратакэ псынщIэкIэ налышкдэсхэм я гъуэм къыбгъэдыхьащ. Михайловым къыхита топыр штрафнойм ихьэ Вебер къыIэрыхьащ. Иужьрейр лъэщу зэуа топыр Къардэным ерагъыущ угловойм зэригъэкIуар.
Налшыкдэсхэм я тепщэныгъэр щIагъэбыдэ зэпытт - топитIкIэ япэ зэритым икIи зэIущIэр икIэм зэрынэблэгъам хьэщIэхэм я тепщэныгъэр игъэужьыхыртэкъым. Апхуэдэу ди щIалэхэм я къыкIэлъыкIуэ ебгъэрыкIуэныгъэм гъуащхьэтетым пэгъунэгъу Хьэшырым топыр къыщыIэрыхьащ икIи Репиным зы Iэмали къыхуигъэнакъым абы къригъэгъэзэну - 0:3.
Къэнэжа зэманыр «Спартак-Налшыкым» зэрыхуейм хуэдэу иригъэкIуэкIащ икIэ Хьэшыр Алан и топхэм Волгоград бжыгъэшхуэкIэ дыщытрагъэкIуащ.
КъыкIэлъыкIуэ джэгугъуэр щэкIуэгъуэм и 6-м «Спартак-Налшыкым» и унэ щригъэкIуэкIынущ. А махуэм ди щIалэхэм кърагъэблэгъэнущ «ТIуапсы»-р.
Жыласэ Замир.
Жыласэ Замир.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2841.txt"
} |
Урысейпсо зэхьэзэхуэм кIуэнухэр къыхах
Дзюдо
ДзюдомкIэ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и зэхьэзэхуэ Ставрополь щекIуэкIащ. Абы хэтащ зи ныбжьыр илъэс 21-м нэблагъэ спортсмен 300-м щIигъу. Зэпеуэм и кIэух махуэм Къэбэрдей-Балкъэрым и дзюдоистхэм медаль зэмылIэужьыгъуи 6 къыщахьащ.
Зи хьэлъагъыр килограмм 78-м нэблагъэхэм я гупым пашэныгъэр щиубыдащ Кабуловэ Миланэ. Килограмм 90-м нэблагъэ зи хьэлъагъ Мырзэбэч Ильяс зэхьэзэхуэм и дыжьын медалыр зыIэригъэхьащ. Ещанэ увыпIэр къахьащ Абазэ Астемыр (кг 81-рэ), Гаев Омар (кг 90), Архэст Амалие, Глашев Джамболэт (тIури кг 100-м нэблагъэ) сымэ.
Зэхьэзэхуэм и япэ махуэм ди республикэм япэ дыщэ медалыр къыхуихьащ килограмм 48-м нэблагъэхэм я гупым щыбэна Къанокъуэ Арианэ.
ЩIыналъэ зэпеуэм кърикIуахэм япкъ иткIэ Кавказ Ищхъэрэм и командэ къыхэхам зэхагъэувэнущ. Ар хэтынущ щэкIуэгъуэм и 22-25-хэм Екатеринбург щекIуэкIыну Урысей Федерацэм и зэхьэзэхуэм.
Къэхъун Бэч.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2842.txt"
} |
НОБЭ
ЩэкIуэгъуэм и 2, гъубж
♦Журналистхэм щIэпхъаджагъэ якIэлъезызыхьахэр жэуапым емышэлIэныр къызэпыудыным и дунейпсо махуэщ
♦1942 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр партизан гупыр Хьэбэз щыIэ нэмыцэ быдапIэм теуащ икIи хэщIыныгъэшхуэ иратащ.
♦1942 гъэм Къэбэрдей бгылъэ заповедникыр къызэрагъэпэщащ.
♦1940 гъэм къалъхуащ композитор, УФ-м гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Молэ Владимир.
♦1947 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик Бгъэжьнокъуэ Барэсбий.
♦1951 гъэм къалъхуащ геолого-минералогие щIэныгъэхэм я доктор, ЩIДАА-м и академик, Тыркумэнымрэ УФ-мрэ щIэныгъэхэм щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Абыкъу Лейлэ.
♦1957 гъэм къалъхуащ усакIуэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и корреспондент Лъостэн Музэ.
♦1965 гъэм къалъхуащ усакIуэ, зэдзэкIакIуэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэ Къармэ Iэсият.
♦1984 гъэм къалъхуащ «Адыгэ псалъэ» газетым и оператор-верстальщик Къуэдзокъуэ Анжелэ.
*Дыгъэр къыщIэкIынущ сыхьэти 6-рэ дакъикъэ 42-м, къухьэжынущ сыхьэт I6-рэ дакъикъэ 56-м.
*Махуэм и кIыхьагъщ сыхьэти 10-рэ дакъикъэ I4-рэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru сайтым зэритымкIэ, ди республикэм уфауэ щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 11 - 13, жэщым градуси 8 - 10 щыхъунущ.
Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2843.txt"
} |
Я щIыналъэри дахэщ, езыхэри гуакIуэщ
Пандемием дызригъэува щытыкIэр куэдрэ зи гугъу тщIыжыну Iуэхугъуэщ. Сэ хамэ къэралхэм сыкIуэну, ди лъэпкъэгъухэм зэхашэ фестивалхэм сыхэтыну, адыгэхэр щыпсэу щIыпIэ дахэхэр зэзгъэлъагъуну сфIэфIт. Иджы апхуэдэ Iэмал сызэримыIэм къыхэкIыу, си къэрал щIыб зекIуэр къэрал кIуэцI гъуэгукIэ зэсхъуэкIри, ди къуэш Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм сыщыхьэщIащ.
Зы напIэдэхьеигъуэу щызгъэкIуащ абы махуитхур. Псом япэу къыхэзгъэщыну сыхуейщ ди къуэш республикэм и къалащхьэм и дахагъыр. Удз зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ бейщ Налшык. Зэм нобэ сыт хуэдэ махуэми, мазэми удз гъэгъахэмкIэ тхауэ къыболъагъу, зэми сыхьэт бжыгъэр удз зэмылIэужьыгъуэхэм къахэщIыкIауэ урохьэлIэ. ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэ гектар 250-рэ хъур къалэкум итщ, гъэщIэрэщIарэ зэлъыIухауэ, къыщыпкIухьыну гурыхьу.
Псыутххэр, джэгупIэхэр, шхапIэхэр, Сосрыкъуэ удэзыш кIапсэ гъуэгур, чэщанэр, удз гъэгъахэмкIэ къегъэтIысэкIа щIыпIэ хэхахэр – абы имыт щыIэжкъым. Ноби къыздэсым яухыркъым гъэщIэрэщIэн, махуэ къэс къалэдэсхэр зыщыгуфIыкIын гуэр иращIыхь. Апхуэдэу иджыблагъэ зы гъэщIэгъуэн ирагъэуващ, «Вагъуэ мывэкIэ» еджэу. Тонн 40 хъу мывэ абрагъуэр Iуащхьэ тIуащIэм къыдашащ. Ар зи гукъэкI, скульптор цIэрыIуэ Пащты-Хъан Алим жэз дамыгъэхэмкIэ игъэщIэрэщIащ. Жэщым уэздыгъэ щхъуэкIэплъыкIэхэр тредзэри, вагъуэбэ дахэу зэщIоблэ мывэр. Апхуэдэ телъыджэхэр зэпуплъыхьу ХьэтIохъущокъуэма и жыг хадэм къыщыпкIухьыну зы махуэр пхурикъункъым. Уезэшамэ, жыгей мэзым хэт тетIысхьэпIэхэм зыщыбгъэпсэху мэхъу, тхылъ ущеджэныр зыхуэдэ щыIэкъым. Тхылъ дэлъхьэпIэхэр щIыпIэ-щIыпIэкIэ паркым итщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхакIуэхэм я къалэмыпэ къыщIэкIа тхылъхэри яхэбгъуэтэнущ абы. Республикэм и усакIуэхэм я хъыбар иджыри зы щIыпIэ гъэщIэгъуэн къыщыпщIэнущ. Лъэс лъагъуэм тет тхылъ дэлъхьэпIэхэм уакъыблэкIмэ, усэм и «хадэ цIыкIум» укъохутэ. Лъэпкъ зэныбжьэгъугъэм и джэлэсу паркым итщ фэеплъитI – ПащIэ Бэчмырзэрэ Мечиев Кязимрэ ейуэ. Абыхэм я усыгъэхэмкIэ усэ лъагъуэм къыщIедзэ. Адыгэ, балъкъэр, урыс усакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэр зытет «гъущI тхылъ зэгуэхахэр» телъыджэщ, укъэувыIэурэ укъемыджэу плъэмыкIыу.
Тхылъ къыдэгъэкIынкIэ лъэрызехьэщ Налшык. Абы тхылъ тедзапIэ зыбжанэ дэтщ. ТхакIуэхэм я мызакъуэу, журналистхэм зэхуахьэс тхыгъэ къыхэхахэри щIэх-щIэхыурэ къыдагъэкI. Си ныбжьэгъу НэщIэпыджэ Замирэ щылажьэ «Печатым и унэм» сишащ япэ махуэм, журналистхэм я IуэхущIапIэр зэзгъэлъэгъуащ. Республикэм къыщыдэкI газетхэр, журналхэр, нэгъуэщI къэрал IуэхущIапIэхэр щIэсщ къат I2-у зэтету къалэкум ит унэ дахэм.
Абы сыщыхуэзащ Къэбэрдей Адыгэ Ха¬сэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Му¬хьэмэд. Адыгэ диаспорэм куэд дыдэ яхэзыщIыкI Мухьэмэд хэхэс адыгэхэм ятеухуа хъыбару, сурэту, хьэпшыпу зэхуихьэсар куэд дыдэ мэхъу. Музейпсо ирикъунущ абы сигъэлъэгъуар икIи и мурадщ ар къы¬зэIуихыну. Мухьэмэд и лэжьыгъэ нэхъыщхьэм къыдэкIуэу сыт щыгъуи тхылъ щхьэпэ куэд къыдегъэкI. «Хэхэс адыгэхэр» зи фIэщыгъэ тхылъыщIэм нобэ къэрал 50-м ис адыгэхэм я хъыбар къыщыIуэтащ, сурэт дахэхэмкIэ гъэщIэрэщIащ. Абы ущрохьэлIэ дэнэ щыпсэу адыгэри зэрыгушхуэ ди лъэпкъэгъу цIэрыIуэхэм, щыпсэу къэралхэм къулыкъу лъагэхэр щызыубыдахэм, артист пажэхэм, дзэм и генералхэм, спортсменхэм, нэгъуэщIхэми, ятеухуахэм. Щыпсэу къэралхэм пщIэ къыщыхуащIу, адыгэм и цIэр фIыкIэ ягъэIуу щыIэ ди лъэпкъэгъухэм дахэу топсэлъыхь Мухьэмэд, я гъащIэм, псэукIэм теухуа хъыбар гъэщIэгъуэн куэд, нэгъуэщI журналистхэм я тхыгъэ зыбжанэ щызэхуэхьэсащ абы. «Хэхэс адыгэ¬хэр» тхылъыщIэр ХьэфIыцIэм къызэрызитар си гуапэ дыдэ хъуащ, сэри абыхэм си нэIэ ятет зэпыту зэрыщытым къыхэкIкIэ, къызэрысхуэщхьэпэнум шэч хэлъкъым.
Налшык сыщыщыIа япэ махуэр зэрыкIуар сымыщIэу блэлъэтащ. КъыкIэлъыкIуэ махуэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыпIэ дахэхэр къэтплъыхьащ, зэрыгушхуэ щIыпIэхэм ди лъэр нэтхусащ. Абджым хуэдэу укъызэрыщ Гуэл щхъуантIэхэр, метр 50 лъагапIэм къехуэх Шэджэм псыкъелъэхэр, адыгэ псори зэ ялъагъуну зыщIэхъуэпс Iуащхьэмахуэ, а узрижэ гъуэгухэм узыщрихьэлIэ бгы джабэ лъагэхэр зэи уи нэгу щIэмыкIыжыну гум къонэ.
Псом япэ зэгъэлъагъупхъэ щIыпIэр, дауи, Iуащхьэмахуэт. Абы кIуэ гъуэгур республикэм и къуажэ нэхъ ин дыдэхэм ящыщ Зеикъуэ пхокI. ЦIыху мин I2 щопсэу а жылэм. И кIыхьагъкIэ (километр I6 мэхъу) къабзэрэ зэлъыIухауэ апхуэдэщ. Гъуэгу дыздытетым, къуажэкхъэр къэслъэгъуащ. Мывэ сын щхъуантIэхэмрэ удзыфэхэмрэ сфIэгъэщIэгъуэн хъуащ. Ахэр зыхуагъэувам елъытауэ цIыхухъу, цIыхубз фащэ тещIыхьащ, мазэрэ тхьэмпих хъу къэкIыгъэрэ тетщ, лIам и хъыбар адыгэбзэкIи хьэрыпыбзэкIи тетхащ. Езы мывэ сынхэм цIыху теплъэ яIэщ, пкъым щхьэ хъурей пыт хуэдэу. Адыгэ тхыдэр, щэнхабзэр, хабзэр, ди къекIуэкIыкIар зэрысфIэхьэлэмэтым къыхэкIыу, а кхъэм ит сынхэр сымыгъэщIэгъуэн слъэкIакъым.
Ди гъуэгуанэм пыдощэри, Iуащхьэмахуэ дыхуокIуэ. Налшык уикIмэ, сыхьэтитI гъуэгу дэлъу аращ абы. Чегет дынэсри, кIапсэ гъуэгуиткIэ дыдэкIуеящ, щIыуэпсым и дахагъымрэ дунейм и къабзагъымрэ зыщыдмыгъэнщIу. Метр минищрэ щэрэ зи лъагагъ а бгым ущытеткIэ, Европэм щынэхъ лъагэ дыдэ, метр 5642-рэ хъу Iуащхьэмахуэ дахэу уIуоплъэ. Гъэми щIыми зи щхьэр хужь Iуащхьэмахуэ зыщигъэпщкIу, пшэхэм щыщIахъумэ куэдрэ къохъу. Дэ а махуэм дахэу, екIуу, и уэсыщхьэ щыгухэр дыгъэм пэлыду дригъэблэгъат Насып Iуащхьэм. Ди насып къихьри, дигу щызу зэпэтплъыхьащ. Уи Iэгу итым дауэ узэрыIуплъэр? Мис апхуэдэу ди пащхьэ къиуващ Iуащхьэмахуэ. Дыкъехыжын тлъэмыкIыу сыхьэтищкIэ и пащхьэ дитащ. Мыбы и щыгу зэгуэр удэкIынтэкъэ? А гупсысэри сигу къыщыушащ абдеж.
Адыгэ Iуащхьэхэр. Ди къуэш къэбэрдейхэм я щIыналъэм адыгэ лъэпкъым кърита фIыгъуэхэр уасэншэщ, лъапIэщ. Сэ Налшык зэрызыщызгъэпсэхуар зэи сигу икIыжынукъым. Си лъэпкъэгъуу си псэм щыщхэм ядэзгъэкIуа зэманыр гукъэкIыж дахэ схуэхъуащ.
ТIэш Светланэ, Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журналист.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2844.txt"
} |
Дэтхэнэ зэпэщIэувэныгъэри щIыуэпсым и бийщ
ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм 200I гъэм и щэкIуэгъуэ мазэм хъыбар зэбгригъэхауэ щытащ, цIыхухэм я зэхуаку къыдэхъуэ зэжьэхэуэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэмрэ зэхэуэхэмрэ щызэщIэплъэ щIыпIэхэм щIыуэпсым и щытыкIэр къызэрымыкIуэу зэрыщызэIыхьэр къэлъытауэ, жылагъуэр а Iуэхугъуэ мыщхьэпэм пэщIэтыным къыхуезыджэ Махуэу щэкIуэгъуэм и 6-р къызэдэщтэн зэрыхуейм ехьэлIауэ.
ООН-м хэтхэр а унафэм щеувалIэм, псом япэу зэгупсысар адэкIэ-мыдэкIэ къыщыхъей зауэхэм зэраныгъэшхуэ къызэрашэм къыхэкIыу, ахэр дыкъэзыухъуреихь дунейм и экосистемэхэм хъугъуэфIыгъуэу япкърылъми икъукIэ зэрегуауэрщ. Уеблэмэ, щIыуэпсым къылъыс тхьэмыщкIагъэр апхуэдизу инщи, зэжьэхэуэныгъэхэм къарикIуам «ижь» зыщIихур абыхэм зыщаубгъу къэралхэмрэ абыхэм щыпсэу цIыхухэмрэ я закъуэкъым, атIэ а хэкухэм къедза Iэшэлъашэхэри гузэвэгъуэшхуэм хадзэ, къэунэхуну щIэблэхэми щIэин мыхъумыщIэкIэ «яхуоупсэ».
Мыбдежым дигу къэдмыгъэкIыжынкIэ Iэмал иIэкъым Урыс-Кавказ зауэм и кIэухыр ищхъэрэкIэ къикIа пащтыхьыдзэхэм зэрырагъэкIуэкIауэ щыта щIыкIэр: зыхъумэжыныгъэ кIыхьым зи къарур мащIэ ищIа адыгэхэм ятекIуэу, я лъахэм ахэр ирагъэкъэбзыкIын папщIэ, зэрыпхъуакIуэхэм яхузэфIэкI псори ялэжьауэ зэрыщытар: хэкупсэхэр щыпсэуа щIыгум и гъавэ щIапIэхэр Iисраф зэтращIэрэ я Iэщри зэтраукIэжу, ихъуреягъкIэ къыщыт мэзхэр мафIэ лыгъейм зэщIрагъащтэрэ жыг зи цIи кърамынэу...
ООН-м къулыкъу щызыIыгъхэр зэрегупсысымкIэ, зи гугъу тщIа хьэкIэкхъуэкIагъэм хуэдэхэр къамыгъэхъун е, нэгъуэщI мыхъуми, ягъэмэщIэн яхузэфIэкIынут зэпэщIэувэныгъэ гущIэгъуншэхэм зэпигъэщхьэхукI лъэныкъуэхэр къэзыухъуреихь дунейм и щIыуэпсым леишхуэ зэрырамыхыным хущIэкъуатэмэ. Мыбдежым IэфIу дигу къэдмыгъэкIыжынкIэ Iэмал иIэкъым совет лъэхъэнэм кинотеатрхэми телевиденэмкIи куэдрэ дагъэлъагъуу къыддекIуэкIа «Отец солдата» фильм цIэрыIуэр. Абы еплъахэм ящыщу хэт зымыщIэжыр лIыхъужь нэхъыщхьэр, Махарашвили зи унэцIэ куржы дадэр, и къуэр къыщилъыхъуэу зауэм здыпэрытым, Германием и щIыналъэм къыщихутарэ советыдзэхэм я гъусэу здэкIуатэм, танкыр зезыхуэ дзэлIхэр зрихьэлIа жызумыпкъэр зэрыс я гъущIышымкIэ щысхьыншэу зэрызэхаутэр и гум щIыхьэщауэ зэрыщытар…
Швейцарием и къалащхьэ Женевэ къыщащта къэрал зэхуаку зэгурыIуэныгъэм къыщагъэлъэгъуат адэкIэ-мыдэкIэ къыщыхъей зэпэщIэувэныгъэхэу зауэм хуэкIуэжхэм щIыуэпсым зэраныгъэшхуэ ирамыхын хуэдэу, ахэр мардэ хэгъэунэхукIам итын зэрыхуейр. Псалъэм папщIэ, абыхэм ящыщ зыр: мэкъумэш щIапIэхэр щхьэзыфIэфIагъэкIэ зэхэбутэ зэрымыхъунур экологие мыхьэнэ зиIэу къалъытэ. АрщхьэкIэ, зэрыгурыIуэгъуэщи, мащIэ дыдэщ а гупсысэм иригъуазэу зауэ IэнатIэм пэрыувэр. Ауэ, итIани, къэралхэм я унафэщIхэми щIэныгъэлIхэми я нэхъыбапIэр зэрегупсысымкIэ, игъуэ хъуащ (хэмытIэсамэ), ЩIы Хъурейм и къэкIуэнур зэрыхэплъэгъуэм къыхэкIыу, щIыуэпсым щхьэзыфIэфIагъэкIэ лей езыххэм тезыр ятелъхьэн зэрыхуейм имызакъуэу, зэрымыщIэкIэ ар Iисраф зэтезыщIэхэри дунейпсо жэуапым ешэлIэнри къызэгъэпэщыным.
Зи гугъу тщIы Iэмалхэм хуэдэхэр щызэхагъэувэкIэ, ООН-м щыщхэр зыщыгугъыр зыщ: зэпэщIэувэныгъэ мыхъумыщIэхэм зыдезыгъэхьэххэм къэзыухъуреихь дунейм леишхуэ ирах зэрымыхъунур я щхьэм кърагъэхьэкIэрэ, я зэхуаку къыдэхъуэ зэныкъуэкъухэри зауэм зэрыхуамыгъэкIуэжынырщ. Сыту жыпIэмэ, зэрынэрылъагъущи, зэпэщIэува лъэныкъуэхэм «фызэзауэми, фи хъуреягъкIэ зэтекъутэныгъэхэр къыщывмыгъэхъу!» яжепIэныр, дауи, дзыхьщIыгъуэджэщ, хэкIыпIэ щIагъуэу зэрыщымытри гурыIуэгъуэщ.
КЪУМАХУЭ Аслъэн.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2845.txt"
} |
«Е и пщафIэр имылъ, е кIэпхынтеж имыхь…»
Адыгэбзэм щыщщ
ЗилъэсыкIыжын – къэфэкIэ хабзэм щыщщ; хъыджэбзым щIалэр къыщыбгъурыжькуийм дежкIэ, абы зыкъыIэщIихыж хуэдэу зигъэджэрэзурэ къызэрыбгъурыфыкIыжым щхьэкIэ “зыкъыIэщIилъэсыкIыжащ”, жаIэ
КIуагъэжь – къыщич; зи ныбэр из хъуауэ шхыным зыкъомрэ зигу хуэмыкIуэж.
КIуэрыбэ – лъэсу куэд къэзыкIухь, лъэсу къэкIухьын зыфIэфI.
КIыщпэхь – жылэм дэсхэм Iуэхутхьэбзэ яхуэзыщIа гъукIэр ягъэфIэжын гухэлъкIэ зэрыхуэупсэм аращ зэреджэр. Ауэ тыныр гъукIэм ираттэкъым, атIэ кIыщыбжэм деж ягъэтІылъырти, къыщанэрт. КIыщпэхьыр нэхулъэр къызэкIэщIимытхъ щIыкІэ зыхуэщIапхъэм хуэщIэн хуейуэ апхуэдэут зэралъытэр. Псалъэр Iузнейлэ иса адыгэхэми яхъумащ.
КIэпхынтеж – нысашэ джэгу хабзэхэм ящыщщ. Куэбжэдэнэм къыфIэкIа пхъужьхэр пщафIэ цIыхубзхэм къагъафэу хабзэ щыIэщ, абы щхьэкIэ гуфIапщIэу кIэпхын бла ирату. ТемыкІыжу пхъужьхэр зэблэкІыу къытезышэ пщафIэм ират кIэпхын блахэм аращ зэреджэр. «Е и пщафIэр имылъ, е кIэпхынтеж мыхъу» жаIэ, Iуэхугъэну пщафIапIэм щIэтхэм щхьэкIэ. Ноби зэрахьэ хабзэрэ псалъэщ.
КIэпыш – кIэIунэ зратыжа псалъэм псалъэмакъыр мыувыIэжу къыщыпыувэ-къыщыщIэрыуэжым деж “псалъэр кIэпыш хъуащ” жаIэ.
КIэустэ – зыхуейр жиIэрэ къазэрыщыхъуар зыуи къримыдзэу ежьэж цIыхум аращ зэреджэр. Нэхъыбэу мы псалъэр зыхуагъэфащэри зи мыхъумыщIагъэр нахуэ хъуа, ауэ ар къазэрыщыхъунуми имыгъапэ цIыхуращ.
Курмэз – губгъуэ, тафэ, хуей хуэдэхэм зэгъэуIуауэ ит жыг Iэрамэ. Дунеижьыр Тхьэм къыщигъэщIам, зэщIилъэщIэжри игъэдахэжат, жи. Илэжьам щыгуфIыкIыжу здеплъым, пщIантIэпс къекIуахэр щIым хэткIуэри, курмэзхэр къэунэхуауэ аращ нэхъыжьхэм яІуатэр. ЖьауапIэ хъурэ цIыхум гупсэхугъуэ къызэрыритым къытехъеикIагъэнщ мы еплъыкIэ дахэр.
Курмэщырэ – къэб жылэ, чыщмыщ хуэдэу зэхэпхъауэ зыкъом зэхэлърэ, ар тхьэвым хапщэжамэ, апхуэдэу жаIэ. «КурмэщырэкIэ гъэнщIа тхьэлъэІу мэжаджэ” и гугъу ящІыж нобэр къыздэсым зеикъуэ нанэхэм.
Курымэ // курмэ – зыгуэр щызэрапхкIэ, зэпхыпIэм и кум хуэзэ зэрыдзапIэ.
КуэщIидзэ – унагъуэм къихьагъащIэ нысащIэр япэ дыдэу щытIыскIэ (щетІысэхкІэ), и куэщIым ирадзэ щэкIыпхъэ хужьым апхуэдэу йоджэ. Хабзэр нобэр къыздэсым зэрахьэ.
Къакъылыш – джэдэщым ихьэрей, абгъуэм иIэбэрей щIалэ цIыкIухэм щхьэкІэ жаІэ.
Къафэбжьэ – нысащIэр унэ щрашэкIэ, уэредадэм хэту унэ бжэщхьэIум нэс къакIуэ щIалэхэр ягъэгушхуэ-ялъытэ хуэдэурэ фадэбжьэ блакIэ, шхыныгъуэ щIэщыгъуэкIэ ягъэгуашэурэ ахэр нысэр зрашэ унэм ит хъыджэбзхэм къагъафэу хабзэ щыIэщ, ноби хъума хъуауэ. Абы зэреджэр къафэбжьэщ.
Къафэкъан – къытехьэу къэфэну зыхуагъэфэща гуэрым щхьэусыгъуэ гуэркIэ тэучэл имыщIмэ, и пIэкIэ езым зыхуигъэлъагъуэр къытрашэ хабзэщ, абы къафэкъанщ зэреджэр.
КъэфапщIэ – къытехьэу къэфэну зыхуагъэфэщар щхьэусыгъуэ гуэркIэ тэучэл имыщIмэ, “щIалэ Iыхьэщ, къэфапщIэр къызот” жиIэрти хэкIырт. КъэфапщIэ мэхъу ар къэзытым сыт зыхуигъэфащэми.
Лъапэхъынтэ – жьы дыдэ хъуауэ хузэфIэкIыж щIагъуэ щымыIэу, здэкIуэшхуи щымыIэу пщIантIэм къыдэнэжа цIыхум щхьэкIэ жаIэ. Нэхъыбэу зыхуэгъэзар цIыхухъуращ.
Лэкъумлыку – адыгэ шхыныгъуэщ, Бешкъэзакъхьэблэм къихьыжауэ; и кум лы хьэжа дэлъу ягъажьэ дэлэн.
Мазизэ – мазэм и изыгъуэм хуэзэу дунейм къытехьэ хъыджэбз цІыкІум щхьэкIэ жаIэ. Нобэ куэдым яIэщIэхужа мы псалъэр зэрызэрахьэр цIыхубзыцIэущ.
МартIэ – жыг къудамэм ятIагъуэр къраупцIэкIрэ къыхащIыкIыу щыта зэрыджэгу гуащэ лIэужьыгъуэщ.
Марэ – уэим, жыхуиIэщ.
МарэмыщI – уэим зымыщI, къыфIэмыIуэхуу щытми, къызыхэзымыгъэщым щхьэкIэ апхуэдэу жаIэ.
МыхъуратI // мыхъуратIэ – хуэделэIу-делафэу щыт щIалэм щхьэкIэ жаIэ.
Мэщ – хьэ лъэпкъыгъуэщ, къуажэм дэс дыжьыныгъуэ уэркъ лъэпкъыу Бешкъэзакъхэ зэрахуэу щытащ.
Нан(э)гъэтIыс – ноби къэнауэ зэрахьэ джэгу хабзэщ. ХьэгъуэлІыгъуэр щекIуэкIкIэ, щIалэгъуалэм хагъэплъэну пхъу ямышэ, къуэ къэзымышэ (зи гугъу ищIыр къуэрылъху-пхъурылъхухэращ) зиIэ нанэхэр кърагъэтIысэкIыу щытащ. Я къуэрылъху-пхъурылъхухэр къызыдэфэ, къагъафэ ныбжьыщIэхэм нанэхэр кIэлъыплъыныр куэд къызыхэкI Iуэхугъуэт, адэкIэ ныбжьыщIэхэр нэсэIуасэ зэхуэщIынми щыхуэкIуэжи къыхэкIыу.
ПIатIэжь – адыгэ джэгу дауэдапщэм щыщ зы Iыхьэщ, пхъужь къафэм хуэдэу лъэпкъым щыщ зи ныбжь хэкIуэта нысэхэм я къафэщ. Къэзыгъафэхэри щIалэ фызкъэмышэхэращ.
Пщытепыхьэ – дунейм ехыжа къуажэпщым е лъэпкъым и нэхъыжьым и щыгъуэщI къакIуэм гуауэр зыдэлъ пщIантIэм къыдэмыхьэ щIыкІэ ину иукъуэдий хьэдагъэм арат зэреджэр. Пщытепыхьэр гуп пыхьи закъуи пыхьи хъурт. Гуп пыхьэ щыхъукIэ, “егъэлеяуэ ягъэлъэпIащ” хужаIэрт дунейм ехыжам щхьэкIэ.
ТАБЫЩ Мурат, «Адыгэ псалъэ» газетым и щIэныгъэ обозреватель.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2846.txt"
} |
НОБЭ
ЩэкIуэгъуэм и 4, махуэку
♦Урысейм щагъэлъапIэ ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэр
♦1742 гъэм Черкасский Алексей (адыгэпщ) дунейм ехыжащ.
♦1942 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэрал саугъэтым и лауреат Думэн Хьэсэн.
*Дыгъэр къыщIэкIынущ сыхьэти 6-рэ дакъикъэ 44-м, къухьэжынущ сыхьэт 16-рэ дакъикъэ 53-м.
*Махуэм и кIыхьагъщ сыхьэти 10-рэ дакъикъи 9-рэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru сайтым зэритымкIэ, ди республикэм уфауэ щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус I2-I5, жэщым градуси 8-9 щыхъунущ.
Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2847.txt"
} |
НОБЭ
ЩэкIуэгъуэм и 3
Бэрэжьей
Щэхур хъумэным и дунейпсо махуэщ
I562 гъэм Къэбэрдейм и пщы уэлий Идар Темрыкъуэ и щIалэ Думэныкъуэ и гъусэу Астрахань хъаным и деж кIуащ.
1931 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым къратащ ВЦИК-м и щIыхь тхылъыр.
1949 гъэм къалъхуащ шэрджэс тхакIуэ, драматург, зэдзэкIакIуэ, КъШР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шыд Юрэ.
*Дыгъэр къыщIэкIынущ сыхьэти 6-рэ дакъикъэ 43-м, къухьэжынущ сыхьэт 16-рэ дакъикъэ 54-м.
*Махуэм и кIыхьагъщ сыхьэти I0-рэ дакъикъэ 11-рэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru сайтым зэритымкIэ, ди республикэм уфауэ щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус II-I3, жэщым градуси 9-II щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
ЛэжьэкIэмыщIэ и Iуэху хэщIыркъым.
Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2848.txt"
} |
НОБЭ
♦Урысейм Дзэ тIасхъэщIэхым и махуэр щагъэлъапIэ
♦1867 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, полковник, I9I0-I9I7 гъэхэм Налшык округым и унафэщIу щыта Къылышбий СулътIанбэч.
♦1942 гъэм къалъхуащ сурэтыщI-график Къып Мухьэмэд.
♦1947 гъэм къалъхуащ медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, Истамбыл щыIэ Адыгэ Бзылъхугъэ Хасэм и гуащэ Шурдым Гюнсел.
♦1949 гъэм къалъхуащ физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Журт Арчыл.
♦1977 гъэм къалъхуащ УФ-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер, 2004 гъэм Афины щекIуэкIа Олимп джэгухэм жэз медалыр къыщызыхьа Тау Хьэсэнбий.
*Дыгъэр къыщIэкIынущ сыхьэти 6-рэ дакъикъэ 45-м, къухьэжынущ сыхьэт 16-рэ дакъикъэ 52-м.
*Махуэм и кIыхьагъщ сыхьэти 10-рэ дакъикъи 7-рэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru сайтым зэритымкIэ, ди республикэм уфауэ щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 13 - 14, жэщым градуси 8 - 9 щыхъунущ.
Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2849.txt"
} |
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек: «Курорт-рекреацэ комплексыр республикэм бгъэдэлъ экономикэ зэфIэкIым и Iыхьэ нэхъыщхьэщ»
«Сочэ-2019» инвестицэ зэхуэсышхуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым утыку къыщрилъхьащ турист-рекреацэ IэнатIэм ехьэлIа проекту сом меларди 9-м нэблагъэ зи уасэхэр. Ахэр зыхуэдэр, промышленностымрэ мэкъумэш хозяйствэмрэ ехьэлIа адрей инвестицэ проект инхэм «Интерфакс-Юг» агентствэм ирита интервьюм щытепсэлъыхьащ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек.
- Иджырей инвестицэ зэхуэсышхуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым утыку къыщрилъхьа инвестицэ проектхэр дапщэ хъурэ икIи ахэр сыт хуэдэ IэнатIэхэм ехьэлIа?
- Мы зэхуэсышхуэм турист-рекреацэ IэнатIэм и закъуэ ехьэлIауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щигъэлъэгъуа проектхэр сом меларди 8,7-рэ я уасэщ. Курорт-рекреацэ комплексыр а IэнатIэм зегъэужьынымкIэ IэмалыфI дыдэхэр зиIэ, республикэм и экономикэ зэфIэкIым и Iыхьэ нэхъыщхьэщ.
Псалъэм папщIэ, «Шэрэдж» турист-рекреацэ кластер» проектым ипкъ иткIэ Шэрэдж районым щытщIыну ди мурадщ туризмэм и лъэныкъуэкIэ абы щыIэ хэкIыпIэхэр зэкъуэзыгъэувэн, туризмэм и IэнатIэщIэхэм зегъэужьынымкIэ сэбэп хъу бгы-лыжэ курорт. Абы хиубыдэу бугель, гандолэ кIапсэ гъуэгухэр щыукъуэдия курортыщIэ зэтрагъэувэнущ, апхуэдэу Гуэл ЩхъуантIэхэм, «Аушыджэр» псы хущхъуэ къыщIэжыпIэм я турист инфраструктурэм зэгъэуIуауэ зрагъэужьынущ. Проектым сом меларди 4,5-рэ текIуэдэну къабжащ.
«Нартсанэ ауз» туркомплекс» проектым ипкъ иткIэ цIыху 400 зэкIуэлIэн турбазэ, гуп хэхахэр щыпсэун унэ щхьэхуэу пщIы, ресторан, автомобиль гъэувыпIэхэр, спорт комплексышхуэ яухуэнущ. А псоми сом меларди 2,5-рэ я уасэщ.
«Джылы-Су» кемпингыр-паркыр Iуащхьэмахуэ бгым и ищхъэрэ лъапэм щыIэщ. Ар зыхуэбгъэдэн щымыIэ щIыпIэщ, узыфэ куэд зэрагъэхъуж псы хущхъуэхэр къыщыщIож. Мы проектым щIыналъэ зыбжанэм я дежкIэ мыхьэнэ иIэнущ. Абы сом мелуан 747-рэ текIуэдэнущ.
«Нартсанэ» санаторэ-хьэщIэщ комплекс» проектыр гъэзэщIэным хиубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и санаторэ-курорт комплексым и мылъку-техникэ лъабжьэр къагъэщIэрэщIэжынущ икIи узыншагъэр зэтегъэувэжыным хуэгъэза туризмэм и Iуэхутхьэбзэхэу щIэупщIэ зиIэхэр къызэрагъэпэщынущ. Псори зэхэту мы проектым текIуэдэну ахъшэр сом мелуан 939-рэ хуэдиз мэхъу.
А проектхэр гъэзэщIэным республикэм и турист кластерым зегъэужьынымкIэ мыхьэнэшхуэ иIэнущ икIи Къэбэрдей-Балъкъэрым и турист-рекреацэ, санаторэ-курорт зэфIэкIыр къызэрагъэсэбэпым зригъэужьынущ.
- Республикэм утыку кърилъхьа проектхэм ящыщу щIыналъэм и экономикэм и дежкIэ нэхъ мыхьэнэшхуэ яIэу дэтхэнэхэр къэфлъытэрэ?
- Республикэм и щIыналъэм иджыпсту щагъэзащIэ е щагъэзэщIэну я мурадщ экономикэм и IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм ехьэлIа инвестицэ проект 80. Абыхэм псоми зэхэту сом триллион 1,2-м нэблагъэ я уасэщ. Абыхэм япкъ иткIэ лэжьапIэ IэнатIэу мин 13 къызэрагъэпэщынущ.
Инвестицэ проектхэм яхэтщ агропромышленнэ, турист-рекреацэ, ухуэныгъэ IэнатIэхэм республикэм и экономикэм и адрей IэнатIэхэм ехьэлIа проектхэр.
Мы зэманым нэхъ мыхьэнэшхуэ зиIэ проекту 15 ягъэзащIэ икIи абыхэм япкъ иткIэ лэжьапIэ IэнатIэу мини 5,4-м щIигъу къызэрагъэпэщыну я мурадщ. Абыхэм ящыщ языныкъуэхэр къэзгъэлъэгъуэнщ: апхуэдэхэщ технологие лъагэхэр къыщагъэсэбэп икIи гектари 100 хъу теплицэ комплексыр, илъэсым помидор пIытIауэ тонн мин 33,5-рэ къыщIэзыгъэкIыфыну консерв заводыр ухуэныр, пластикым къыхэщIыкIа тарэ къыщIэзыгъэкI заводыр къагъэщIэрэщIэжыныр, «Налшык» хьэщIэщыр зэтегъэувэжыныр.
- УФ-м и Президент Путин Владимир УФ-м и Правительствэм и пщэ ирилъхьауэ щытащ Тырныауз къыщIэхыпIэм вольфрам, молибден рудахэр къыщыщIахыу икIи щелэжьу зэтегъэувэжынымкIэ проектым къытригъэзэжу хэплъэну. Абы иужькIэ «Ростех» къэрал корпорацэм къызэригъэпэща «Iуащхьэмахуэ бгы-руда комбинат» ООО-р Тырныауз вольфрам-молибден къыщIэхыпIэр къэгъэсэбэпынымкIэ конкурсым щытекIуащ. А проектыр иджыпсту дэнэ нэса?
- Лэжьыгъэм фIыуэ хагъэщIащ. Уэ зэрыжыпIащи, «Iуащхьэмахуэ бгы-руда комбинат» ООО-р «Тырныауз» къыщIэхыпIэм и зэфIэкIыр къэхутэнымрэ абы вольфрам-молибден руда къыщыщIэхынымкIэ хуитыныгъэ къэхьыным теухуа конкурсым щытекIуащ икIи а лэжьыгъэхэр 2038 гъэм нэсыху иригъэкIуэкIыну хуит зэращIымкIэ лицензэ иратащ.
Тырныауз вольфрам-молибден къыщIэхыпIэм руда гъэтIылъыгъэу иIэхэр къабжащ икIи абы елэжьынымкIэ технико-экономикэ Iуэхухэр ягъэхьэзыращ. Урысейм щIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэмкIэ и министерствэм (Роснедра) къищтащ къагъэсэбэпын папщIэ итыну къыщIэхыпIэхэм я спискэр.
Тырныауз и вольфрам гъэтIылъыгъэхэр Урысей псом щыIэм и процент 50-м ноблагъэ. Мыбы гъэ къэс вольфрам къабзэу тонн мини 2,8-рэ, молибдену тонн 450-рэ щагъэхьэзырынущ. Ахэр нэхъыбэу зыIэрыхьэнур машинэ зыщI предприятэхэмрэ зыхъумэжыныгъэм ехьэлIа промышленнэ комплексымрэщ.
Мы проектыр икъукIэ инщ икIи гъэзэщIэгъуейщ, инвестицэ ахъшэу мымащIэ текIуэдэнущ икIи а ахъшэр псынщIэ дыдэу къахуэлэжьыжынукъым. Ди дежкIэ абы социальнэ мыхьэнэ ин иIэщ, сыту жыпIэмэ абы ипкъ иткIэ лэжьапIэ IэнатIэщIэу 700-м къыщегъэжьауэ 1 миным нэс къызэIуахынущ.
Лэжьыгъэхэр зэрекIуэкIынур зэраубзыхум хиубыдэу проект-сметэ документацэ ягъэхьэзыр. УФ-м и Правительствэм щIыгъуу дыхоплъэ Тырныауз псынщIэу зызыужь щIыналъэм и статус етыным.
Мы проектыр зэман гъунэгъум къриубыдэу дгъэзащIэу щIэддзэну, ухуэныгъэ лэжьыгъэхэр едгъэжьэну сыщогугъ.
- Туристхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым хиубыдэу нэхъыбэу здэкIуэ щIыналъэм - Iуащхьэмахуэ лъапэ зегъэужьынымкIэ сыт хуэдэ мурадхэр фиIэ? Апхуэдэу хьэщIэхэмрэ республикэм щыпсэухэмрэ я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщынымкIэ дяпэкIи сыт влэжьыну?
- Шэч хэмылъу, Къэбэрдей-Балъкъэрыр псоми нэхъ къызэрацIыху Iуэхущ Iуащхьэмахуэ лъапэрэ езы Iуащхьэмахуэ бгымрэ. Туризмэм, альпинизмэм, бгы-лыжэ комплексым зегъэужьынымкIэ бгъэдэлъ зэфIэкIхэм къадэкIуэу Iуащхьэмахуэ лъапэ иIэщ узыншагъэр езыгъэфIакIуэ щIыпIэ хьэлэмэтхэр, псы хущхъуэхэр и куэду икIи ар хэкIыпIэшхуэщ дунейпсо зэфIэкI зыбгъэдэлъ бгы-лыжэ курорт мыбы щызэтегъэувэнымкIэ.
Рекреацэ комплексым хеубыдэ зэуэ цIыху мини 5-м щIигъу езыгъэблэгъэфыну уней хьэщIэщу, зыгъэпсэхупIэ базэу, пансионату 80-м щIигъу. Мыбы кIапсэ гъуэгу 11 щолажьэ икIи абыхэм яхэтщ Европэ псом щынэхъ лъагэ дыдэ гондолэ кIапсэ гъуэгу, метр 3847-м нэс дэкIуейуэ. КъызэрабжамкIэ, илъэсыщIэ махуэхэм мы курортым я нэхъ мащIэ дыдэу хьэщIэ мин 45-50-рэ щрагъэблэгъащ.
А псоми къадэкIуэу дэ къыдгуроIуэ Iуащхьэмахуэ лъапэ къакIуэхэр зэпымыууэ нэхъыбэ хъун папщIэ лэжьыгъэшхуэ къызэрытпэщытыр икIи абы къыхэкIыу ди мурадыр хуэунэтIащ Iуэхутхьэбзэхэм я фIагъыр нэрылъагъуу къэIэтыным, туризмэмрэ транспортымрэ я инфраструктурэр зэтегъэувэным нэхъ ерыщу хущIэкъуным, «Iуащхьэмахуэ» илъэс псом лажьэ бгы-лыжэ комплекс» турист-рекреацэ экономикэ щIыналъэ хэха къызэгъэпэщыным хуэгъэза проектыр пхыгъэкIыным. А псоми я лъэныкъуэкIэ дэ «Кавказ Ищхъэрэм и курортхэр» акционер зэгухьэныгъэм быдэу дыпыщIауэ долажьэ.
Шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным пыщIа Iуэхухэм я гугъу пщIымэ, дэ абыхэм зэпымыууэ ди нэIэ ятедгъэтщ. Iуащхьэмахуэ лъапэ щолажьэ Урысейм и МЧС-м и Iуащхьэмахуэ къэлъыхъуакIуэ-къегъэлакIуэ отрядыр. Iуащхьэмахуэ курортым къыщызэрагъэпэщащ лыжэ къежэхыпIэхэм шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщыным икIи а гъуэгухэр зехьэным жэщми махуэми елэжь департаментхэмрэ IэнатIэхэмрэ.
Дунейм и щытыкIэм зэрызихъуэжым цIыхухэр и зэманым щыгъуазэ щIыныр, гузэвэгъуэ къэмыгъэхъуныр, цIыхухэм ядэIэпыкъунымрэ ахэр къегъэлынымрэ къызэрагъэпэщ Iуащхьэмахуэ курортым и IэнатIэхэм. Гулъытэ хэха хуащI лыжэкIэ къыщажыхь гъуэгухэм щIэщхъу къыщымыгъэхъуным. КъежэхыпIэу хыр я къэгъэсэбэпыкIэкIэ зэхэдзащ: абы ящыщу щхъуантIэр къэжыхьыкIэ зэзыгъащIэхэм хухах, апхуэдэу гъуэгухэм ящыщу щыр плъыжьщ, тIур щIыхущ. Гъуэгухэм ящыщу тхур ЛыжэмкIэ дунейпсо федерацэм и мардэхэм пхыкIащ. Абыхэм зыхуэфащэ дамыгъэхэр и зэманым щагъэув. Пщэдджыжь къэс къежэхыпIэхэр къызэIуахын и пэкIэ а гъуэгухэр IэщIагъэлIхэм щIапщытыкI. Iуащхьэмахуэ лъапэ щолажьэ лыжэм тет кIэлъыплъакIуэхэр икIи ахэр сытым дежи хьэзырщ дэтхэнэми дэIэпыкъуныгъэ иратыну, фэбжь зыгъуэтар кърашэхыну е а щIыпIэм дохутырхэр яшэну. ЩIымахуэ лъэхъэнэм мыбы махуэ къэс щолажьэ «ГузэвэгъуэхэмкIэ медицинэм» и бригадэхэр.
Уэсукхъуэхэм кIэлъыплъынымкIэ IэнатIэм курортым и къэжыхьыпIэхэм щыIэ шынагъуэхэр зэпалъыт икIи нэгъуэщI щIыпIэхэми уэсукхъуэхэр къыщехынымкIэ щыIэ шынагъуэхэм зыгъэпсэхуакIуэхэр щыгъуазэ ящI. Азау хуейм щагъэуващ уэсыр нэхъ къыщехыну щIыпIэхэм хуэзэ гъущI хъархэр, адрей щIыпIэхэм уэсыр щызэтрагъэхьэркъым.
Шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным теухуа лэжьыгъэр зэи къагъэтIасхъэркъым, ауэ къуршыр, дауэ щымытми, къуршщи, шынагъуэншагъэм и хабзэхэр текI имыIэу гъэзэщIэн хуейщ, аращ республикэм и хьэщIэхэм ди курортым зыщагъэпсэхунымкIэ Iуэху нэхъыщхьэ дыдэр.
- Иужьрей зэманым Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш хозяйствэм псынщIэу зеужь, иджырей жыг хадэхэм заубгъу, пхъэщхьэмыщхьэ хъумапIэхэм къахохъуэ. А IэнатIэм ехьэлIауэ ди щIыналъэм сыт хуэдэ инвестицэ проектхэр щагъэзэщIэну я мурад?
- Зэрызиужь псынщIагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и агропромышленнэ комплексыр иужьрей зэманым республикэм и экономикэм и IэнатIэхэм ящыщу нэхъ пашэщ. Ди мызакъуэу, федеральнэ IэнатIэм мэкъумэш производствэр дэIыгъыным икIи абы бюджет инвестицэу хухахым хэгъэхъуэным хуэгъэзауэ иригъэкIуэкI политикэм ар куэдкIэ елъытащ.
Технологием и иджырей Iэмалхэр къагъэсэбэпу зэрыхуежьам и фIыщIэкIэ гъавэм и бэвагъым хохъуэ, пхъэщхьэмыщхьэрэ хадэхэкIыу кърахьэлIэр нэхъыбэ мэхъу икIи абы и лъэныкъуэкIэ къэгъэлъэгъуапхъэщ псынщIэу къызыпыкIэ жыг хадэхэр щIэгъэхуэбжьауэ зэрыхасэр, псы зыщIагъэлъадэ хьэсэхэм зэрызрагъэубгъур. Роботхэр къыщагъэсэбэп Iэщ фермэхэр, бдзэжьей хозяйствэ инхэр, мэкъумэш продукцэм щелэжь предприятэхэр щIыным ехьэлIауэ республикэм щызэхалъхьэу щIадзащ иджырей инвестицэ проектхэр.
Дэ ди стратегие мурадыр хуэунэтIащ агропромышленнэ комплексым ди экономикэм хиубыдэу зэфIигъэкIыр хуэдэ зыбжанэкIэ нэхъыбэ щIыным. Ар щытхузэфIэкIынур мэкъумэш IэнатIэм къыщалэжь сырьём куууэ делэжьу икIи абы продукцэ хьэзыр, къыхэтщIыкIрэ уасэм щIагъуж ахъшэшхуэ къэдлэжьу къэралми абы и щIыбкIи щыIэ рынокхэм дыщыпхыкIыу дыхуежьа нэужьщ.
Мис апхуэдэ мурадхэр къэплъытэмэ, агропромышленнэ комплексым ехьэлIа проектхэр гъэзэщIэныр хуэунэтIащ республикэр езыр зыхуей пхъэщхьэмыщхьэрэ хадэхэкIхэмкIэ къызэгъэпэщыным, технологие лъагэхэм къыщагъэсэбэп теплицэ комплексхэр, сырьём елэжь иджырей предприятэхэр, жылапхъэфIхэр щагъэкI, ахэр щызэхадз заводхэр щIыным.
«Интерфакс» агентствэ. 2019 гъэм мазаем и 18-м
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "285.txt"
} |
НОБЭ
♦Дыкъэзыухъуреихь дунейм и хъугъуэфIыгъуэхэр зауэ щекIуэкIым деж къэмыгъэсэбэпыным и дунейпсо махуэщ
♦ЦIыхухъухэм я дунейпсо махуэщ
♦1857 гъэм къалъхуащ Уэсмэн пащтыхьыгъуэм и дзэ къулыкъущIэ, маршал, зыхъумэжыныгъэмкIэ, хамэ къэрал IуэхухэмкIэ министру щыта Абыкъу Ахьмэд-пэщэ.
♦1936 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ, УФ-м щIыIэ зиIэ и артист ПащIэ Ахьмэд.
♦1953 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик Быж Зарэ.
*Дыгъэр къыщIэкIынущ сыхьэти 6-рэ дакъикъэ 47-м, къухьэжынущ сыхьэт 16-рэ дакъикъэ 51-м.
*Махуэм и кIыхьагъщ сыхьэти 10-рэ дакъикъи 4-рэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru сайтым зэритымкIэ, ди республикэм пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 13 - 14, жэщым градуси 6 - 7 щыхъунущ.
Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2850.txt"
} |
НОБЭ
♦1917 гъэм Урысейм щекIуэкIащ Жэпуэгъуэ революцэшхуэр.
♦1928 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым лэжьэн щыщIидзащ Акъбащ ГЭС-м.
♦1914 гъэм къалъхуащ адыгей усакIуэ ЕхъулIэ Сэфар.
♦1924 гъэм къалъхуащ усакIуэ, журналист ЩоджэнцIыкIу Нурий.
♦1930 гъэм къалъхуащ техникэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъМУ-м и профессор, УФ-ми КъБР-ми щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Быгуэ Хьэзрэталий.
♦1935 гъэм къалъхуащ усакIуэ, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къэжэр Пётр.
♦1938 гъэм къалъхуащ усакIуэ, журналист, жылагъуэ лэжьакIуэ Джэдгъэф Борис.
♦1939 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артист Анзорыкъуэ Чеслав.
♦1942 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, тхыдэдж Бейтыгъуэн Сэфарбий.
*Дыгъэр къыщIэкIынущ сыхьэти 6-рэ дакъикъэ 48-м, къухьэжынущ сыхьэт 16-рэ дакъикъэ 49-м.
*Махуэм и кIыхьагъщ сыхьэти 10-рэ дакъикъэ 1-рэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru сайтым зэритымкIэ, ди республикэм уфауэ щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 13 - 16, жэщым градуси 8 - 9 щыхъунущ.
Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2851.txt"
} |
НОБЭ
♦КВН джэгукIэм и дунейпсо махуэщ.
♦Радиологием и дунейпсо махуэщ
♦Пианистым и дунейпсо махуэщ
♦1914 гъэм къалъхуащ УФ-м щIыхь зиIэ и артист Жыгун Тимэ.
♦1924 гъэм къалъхуащ педагогикэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, ЩIДАА-м и академик, АР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шорэ Ибрэхьим.
♦1932 гъэм къалъхуащ КъБАССР-м щIыхь зиIэ и нартыхугъэкI, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Щауэ Iэхьед.
♦1947 гъэм къалъхуащ политик, жылагъуэ лэжьакIуэ, МАТР-м и академик Жаным Руслан.
*Дыгъэр къыщIэкIынущ сыхьэти 6-рэ дакъикъэ 49-м, къухьэжынущ сыхьэт 16-рэ дакъикъэ 48-м.
*Махуэм и кIыхьагъщ сыхьэти 9-рэ дакъикъэ 59-рэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru сайтым зэритымкIэ, ди республикэм пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 13 - 14, жэщым градуси 7 - 8 щыхъунущ.
Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2852.txt"
} |
Адыгэ щIалэм къэпщытакIуэхэр къыдехьэх
Япэ урысейпсо къэрал телеканалым и «Голос» шоум и утыкум гукъинэжу зыкъыщигъэлъэгъуащ Адыгэ Республикэм щыщ уэрэджыIакIуэ Тлъыней Алий. Ар я гъэсэнщ Бериашвили Этерирэ Долинэ Ларисэрэ.
Алий зэкIэлъыкIуэу илъэсиблкIэ «Голос» шоум хэтыну и тхылъхэр игъэхьа, кастингым илъэситхукIэ, «нэфгъэжей едэIуэныгъэхэм» илъэсищкIэ хэта нэужь, иджы къызэрагъэпэща едэIуэныгъэм и зэфIэкI щигъэлъэгъуэну и насып къикIащ икIи къэпщытакIуэм хэта псоми я гупэр къыхуагъэзащ. Абы жиIащ Gnarls Barkley гупым ягъэзащIэ «Сумашедший» уэрэдыр.
- Узыщыщ хэгъэгум и цIэкIэ федеральнэ каналым хуэфащэу зыкъыщыбгъэлъэгъуэныр, дауи, жэуаплыныгъэ ин зыпылъ Iуэхущ. Аращ сценэм сызэрихьэу сыгузэвэныр къызыхэкIари. Роялым сызэрытIысу, си Iэпэхэм кIэзызын щагъэтащ, сэри зытезубыдэжащ икIи утыкум сызэрихьэу сигу ислъхьащ зэпеуэм сызэрыхэтыр зыщызгъэгъупщэу къызэхуэсахэм си уэрэдыр тыгъэ яхуэсщIыну, - игу къегъэкIыж Алий. - ЗэфIэкI зиIэ цIыху цIэрыIуэхэм сахэтыну, ахэр зэзгъэцIыхуну, нэхъапэIуэкIэ утыку щыжызмыIа уэрэдхэр згъэзэщIэну проектым Iэмал къызэрызитыр уасэншэщ. КъищынэмыщIауэ, Пелагея и гъусэу адыгэбзэкIэ уэрэд жысIэну си хъуэпсапIэщ!
Макъамэр гукIи псэкIи зыпэгъунэгъу унагъуэм къыхэкIа щIалэр, дауи, пасэу макъамэ гъуазджэм дихьэхащ. УзыIэпи-шэу адыгэ пшынэр зыгъэбзэрабзэ и къуэш нэхъыжьым дэплъея Алий, илъэсиплI ныбжьым щитым уэрэд жыIэныр зыхилъхьэ щыIэтэкъым. Арат унагъуэм исхэм я пащхьэм щIэх-щIэхыурэ концертхэр щитынри, шыкIэпшынэм зыхуигъэсэну щIэхъуэпсынри къызыхэкIар.
КъыдэкIуэтея нэужь, Алий и адэ-анэр къигъэуIэбжьащ, скрипач IэщIагъэр зригъэгъуэтыну зэрыхуейр яжриIэри. И анэшхуэращ занщIэу щIалэ цIыкIум и телъхьэ хъуар - КъуэкIыпIэ къэрал музейм Кавказ Ищхъэрэм щиIэ къуда-мэм и унафэщIу щыта Кушу Нэфисэт. ИужькIэ, Алий зыщIэхъуэпс макъамэ Iэмэпсымэр и анэшыпхъум тыгъэ къыхуищIащ, и анэр арэзы хъури, макъамэ дерсхэм игъэкIуащ.
Иджыри курыт еджапIэм щыщIэсым, Алий япэ зэпеуэр къихьат. Гран-прир къызэрыхуагъэфэщам теухуа хъыбарыр щызэхихам, гуфIэгъуэм апхуэдизкIэ зэщIиIэтати, зыхуэмыубыду кIийрт, пкIатэ-лъатэрт.
Курыт еджапIэ нэужьым, япэщIыкIэ ар Адыгэ Республикэм ГъуазджэхэмкIэ и колледж, Тхьэбысым Умар и цIэр зезыхьэм, скрипкэмкIэ щиIэ къудамэм щIэтIысхьащ. ИужькIэ Алий щеджащ Гнесинхэ я цIэр зезыхьэ урысейпсо макъамэ академием. Ещанэ курсым щыщIэсым абы къыгурыIуащ оркестрым зэрыхуэхамэр икIи Москва щэнхабзэмкIэ и къэрал институтым эстрадэ-джаз гъуазджэхэмкIэ и кафедрэм уэрэд жыIэнымкIэ и къудамэм зригъэдзыжащ.
Тлъыней Алий дызыхуэкIуэ гъэм и гъатхэм итыну иубзыхуа и концертым зыхуегъэхьэзыр. Ди лъэпкъэгъу щIалэм и мурадхэр къехъулIэну, макъамэм зэфIэкI инхэр щызыIэригъэхьэну дыхуохъуапсэ.
БЖЬЫХЬЭЛI Розэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2854.txt"
} |
Фестивалхэм я фестивалыр зэхуащIыж
Налшык и Музыкэ театрым жэпуэгъуэм и 31-м гуфIэгъуэ щытыкIэм иту щызэхуащIыжащ «Къэбэрдей-Балъкъэрыр - илъэси 100» еханэ урысейпсо кинофестивалыр, республикэм и къэралыгъуэр къызэрыунэхурэ илъэси 100 зэрырикъум траухуар.
Иджырей фестивалыр къалъытащ фестивалхэм я фестивалу. Абы хыхьэу ягъэлъэгъуащ урысейпсо, дунейпсо кинофестивалхэм щагъэлъэгъуа, саугъэт нэхъыщхьэхэр зылъагъэса фильм нэхъыфIхэр. Щэнхабзэ зэхыхьэшхуэм къытхуеблэгъащ Германием, Къэзахъстаным, Узбекистаным, Армением, Беларусым, Колумбием къикIа хьэщIэхэр. Зэхыхьэ гуапэр ягъэдэхащ УФ-м и цIыхубэ артисткэ Рязановэ Раисэ, СССР-м и цIыхубэ артисткэ Кириенкэ Зинаидэ, УФ-м и цIыхубэ артист Скляр Игорь, Урысейм щIыхь зиIэ и артистхэу Колесников Сергей, Кюрдзидис Эвклид, Смеховэ Аликэ, Руденкэ Любовь, актёр цIэрыIуэхэу Запорожский Макар, Беляев Юрий, Сагдулаев Рустам, Армением щыщ режиссёр Оганесян Ани, Колумбием и уэрэджыIакIуэ икIи актёр Риберо Дмитрий, Германием щыщ актёр Орлянский Пауль сымэ.
Налшык къалэм щыпсэухэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ папщIэ актёр цIэрыIуэхэм киноконцерт зыбжанэ ятащ. «Чистый голос» белорус уэрэджыIакIуэ гупым хэт Тышко Аким иужьрей концертым щыжиIащ псоми фIыуэ ялъагъу «Беловежская пуща» уэрэдыр, пэшым щIэсхэр дежьууэ. Узбекистаным и цIыхубэ артист, «В бой идут одни старики» фильмым Ромео и ролыр щызыгъэзэщIа Сагдуллаев Рустам жиIащ куэдым ягу дыхьэ «У самого синего моря» уэрэдыр.
- Фестивалым хэтахэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ фIэхъус гуапэ фызох! Махуэхэр блэлъэтащ, фестивалыр и кIэм нэблэгъащ, ауэ уэрэдрэ къафэкIэ гъэнщIа, фильм щIэщыгъуэхэр щагъэлъэгъуа зэхыхьэ дахэр гукъинэж зэрыфщыхъунум шэч хэлъкъым. Мыпхуэдэ зэIущIэхэм цIыхухэм лъапIэныгъэ нэхъыщхьэу яритыр зэпсэлъэныгъэщ, - жиIащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин. - ГъащIэм къыпещэ! Быдэу си фIэщ мэхъу пандемием дытекIуэу къыкIэлъыкIуэ фестивалым ди ныбжьэгъухэр къызэредгъэблэгъэнур! Новожилов Сергей фIыщIэ хуэфащэщ республикэм исхэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ гъэ къэс зэригъэгуфIэм папщIэ!
- Киногъуазджэр фIыуэ зылъагъухэм IэмалыфI яIащ кинотеатрхэм иджыри щамыгъэлъэгъуа кино нэхъыфI пщIы бжыгъэхэм ди фестивалым щеплъыну, - жиIащ зэхуэсым и унафэщI, продюсер, артист, сценарист, киновед Новожилов Сергей. - Артист Iэзэхэм республикэм актёр Iэзагъэм зэфIэкI щызиIэ и щIалэгъуалэм папщIэ мастер-класс щхьэпэхэр ятащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэр гуапэу къызэрытIущIамрэ хьэщIагъэ къызэрыдахамрэ телъыджэ тщыхъуащ!
Псом хуэмыдэу Новожиловым къыхигъэщхьэхукIащ дамыгъэ 50-м нэблагъэ зыхуагъэфэща «Жаным, ты не поверишь» комедиер, Богатырёв Андрей и «Красный призрак» фильмыр, Осетие Ищхъэрэ - Аланием щытраха «Детство Чика», «Маленький воин», «Райцентр» лэжьыгъэхэр. СССР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Борзовэ Еленэрэ артист Шкляев Владиславрэ я мастер-классхэр республикэм и актёр щIалэ-хэм я дежкIэ гъэщIэгъуэнт икIи щхьэпэт.
ХьэщIэхэм я гъусэу, алэрыбгъу лъагъуэм техьащ республикэм и лъэпкъ театрхэм я актёр пажэхэри. Урысей кином и вагъуэ, УФ-м и цIыхубэ артисткэ Кириенкэ Зинаидэ КъБР-м и Правительствэм и ЩIыхь тхылъыр хуагъэфэщащ. ХьэщIэхэм республикэм и щIыпIэ дахэхэм, Лъэпкъ музейм зыщрагъэплъыхьащ, щIыналъэм и тхыдэм хагъэгъуэзащ.
КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министерствэм и YouTube-каналымрэ республикэм и «1 КъБР» телеканалымкIэ кинофестивалым иращIэкI пшыхьхэр эфир занщIэкIэ къатащ.
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2855.txt"
} |
Ди лъахэгъущ дунейпсо чемпионыр
Сербием и къалащхьэ Белград щекIуэкIащ «грэпплинг» спорт лIэужьыгъуэмкIэ дунейпсо чемпионат. Саугъэтхэм щIэбэнащ къэрал 24-м икIа спортсмен лъэщхэр.
ЗэпэщIэтыныгъэхэр гуащIэу екIуэкIащ, дэтхэнэ зы спортсменми и къару емыблэжу зыкъыщигъэлъэгъуащ алэрыбгъум. Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам а спорт лIэужьыгъуэм щиIыгъ увыпIэ лъагэр иджыри зэ щIигъэбыдэжащ. Чемпиона-тыр зэрызэхэта махуитIым къриубыдэу ди къэралым и командэ къыхэхам хэтхэм медаль зэмылIэужьыгъуэ 17 зыIэрагъэхьащ икIи япэ гуп увыпIэр яубыдащ.
Урысей Федерацэм и ехъулIэныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ килограмм 92-рэ зи хьэлъагъхэм я гупым щыбэна ди лъэпкъэгъу, «ФайтЗон» спорт клубым и гъэсэн Урыс Мухьэмэд (сурэтым сэмэгумкIэ щыетIуанэщ). И хьэрхуэрэгъу псоми шэч къызытумыхьэн текIуэныгъэ къафIихьри абы дыщэ медалыр зыIэригъэхьащ. Ар зэхьэзэхуэм хуэзыгъэхьэзыра къэралым и командэ къыхэхам и тренер Шыхъуэс-тэн Руслан «дунейпсо класс зиIэ тренер» цIэ лъапIэр къыфIащащ.
Гуп зэпеуэм ди къэралым къыщыкIэлъокIуэ Украинэмрэ Польшэмрэ я командэ къыхэхахэр.
Жыласэ Замир.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2856.txt"
} |
Адэжь хэкум къыхуопабгъэ
Америкэм и Штат Зэгуэтхэм щыщ ди лъэпкъэгъу щIалэ Чэгъэду Биберт мазитI хъуауэ и хэкум къэкIуэжауэ щопсэу, щолажьэ. Ар иджы Мейкъуапэ и «Зэкъошныгъэ» («Дружба») футбол гупым и тренер нэхъыщхьэщ. Биберт Къэбэрдей-Балъкъэрми, Адыгейми къыщацIыху футболист цIэрыIуэщ. Нэхъапэм Налшык и «Спартак»-м, Краснодар и «Колос»-м щыджэгуащ.
ЩIалэр США-м и Паттерсон къалэм (Нью-Джерси штатым хохьэ) къыщалъхуащ. Къыщыхъуар адыгэ унагъуэщ. Чэгъэду Диабрэ Пщымахуэ Хьичмэтрэ щIалиплI яIэщ, зэчий зырызыххэ ябгъэдэлърэ адыгэбзэр екIуу ягъэшэрыуэу. Америкэм къыщалъхуа щIалэ цIыкIухэм анэдэлъхубзэр ящIэу къэтэджын папщIэ, Чэгъэдухэ я унагъуэр Иорданием Iэпхъуащ Пащтыхьыкъуэ Хьэмзэ и цIэр зэрихьэу Амман дэт адыгэ школыр кърагъэухыну. Абы илъэс зыхыблкIэ щыпсэуа нэужь Штат Зэгуэтхэм ягъэзэжащ. ЩIэныгъэ зырыз яIэрэ гъащIэм сыт и лъэныкъуэкIи хуэIущу къэхъуащ щIалэхэр икIи хэкужьыр я псэм зэрыхэлъыр нэрылъагъуу щIэх-щIэхыурэ къокIуэж, пIалъэкIэ щопсэу, щолажьэ. ЩIалэхэм я нэхъыжь Нарт юристщ, Жэбагъы сурэтыщIщ, Бэрзэджи арт-гъуазджэм дехьэх, иджыблагъэ Налшык гъэлъэгъуэныгъэ щиIауэ щытащ, Биберт футболист лъэрызехьэщ.
«Адыгэу дыкъызэрызэтенар, адыгэбзэр зэрытIурылъыр, Тхьэм иужь зи фIыщIэр ди адэ-анэрщ. Ди адэшхуэ-анэшхуэри тлъэгъуащ, абыхэми адыгэбзэкIэ дагъэпсалъэрт, хабзэми дыщIапIыкIырт. Ди нэхъыжьхэм къытхалъхьа адыгэ хабзэм дызэтриIыгъэщ, шыIэныгъэмрэ зэпIэзэрытыныгъэмрэ дытригъэтщ», - жаIэ щIалэхэм.
Биберт футбол джэгуным щыхиша гъуэгур университетым къыщыщIидзащ, абы щIэсыху еджапIэ нэхъыщхьэм и гупым хэтащ. ИтIанэ Иорданием и гуп къыхэхам хэту Урысейми, хамэ къэрал куэд-ми щыджэгуащ. 2008 гъэ лъандэрэ тренеру мэлажьэ. Америкэм и футбол лигэм и тренеру щытащ, итIанэ Футбол академием и техническэ директору лэжьащ.
- Сэ пасэу футбол джэгун щIэздзащ. Иджыри дысабийуэ гуп зэхуэсшэсурэ згъэджэгурт. Илъэситху ныбжьым щегъэжьауэ, «ин ухъумэ, сыт узэрыхъунур?» - жаIэу къызэупщIыху, футболист сызэрыхъунур яжесIэрт, - игу къегъэкIыж Биберт.
Чэгъэдухэ лъэпкъкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщщ, Аруан щIыналъэм хиубыдэ Анзорей, Урыху къуажэхэм дэсхэщ. Я адэжь хэкум быдэу къыпыщIа щIалэхэм зыщагъэгъущэркъым я къежьапIэр. Абы и щыхьэтщ ахэр щIэх-щIэхыурэ къызэрыкIуэжыр. КъэкIуэжым и мызакъуэу, Биберд жиIэ зэпытщ: «Си хэкум си фIыгъэ езгъэкIыну сыхуейщ». Мис апхуэдэ гурыщIэщ ар иджыпсту Адыгэ Республикэм къэзышэжари. ЩIалэр мазитI лъандэрэ тренер нэхъыщхьэу мэлажьэ.
- Сэ сыкъызэрыкIуэрэ «Зэкъошныгъэр» зытхухрэ ихьащ футбол губгъуэм. КъыщыттекIуаи дащытекIуаи къэхъуащ, ауэ футболистхэм я джэгукIэр зэредгъэфIэкIуэным иужь дитщ. Нэхъапэм 17-нэ увыпIэм щытамэ, иджы 12-нэм нэс дэкIуеящ. Сигу ирохь гупым хэтхэр. ФIэщхъуныгъэ яхэлъу мэджэгу, текIуэныгъэ зыIэрыбгъэхьэнымкIэ аращ нэхъыщхьэр. КъищынэмыщIауэ, къыдэплъыну, къыддэщIыну къакIуэхэм къару къытхалъхьэ. Ахэр я тIысыпIэхэм щысу къэгуоун щIадзэмэ, футболистыр куэдкIэ нэхъ тогушхуэ», - жеIэ Биберт.
Мейкъуапэ лэжьэн зэрыщыщIидзэу, футбол гупыр нэгъуэщI командэ лъэрызехьэ-хэм дэджэгун хуей хъуащ. Абы нэхъ псынщIэу лэжьыгъэм хишауэ жыпIэ хъунущ. ЩIалэм зэрыжиIэмкIэ, футболист 24-рэ мэхъу иджыпсту и командэр. Езыр къызэрыкIуэрэ цIыхуи 10 хуэдиз къыхишащ. Абыхэм фIыкIэ щогугъ, ауэ командэм хэта зыбжанэми лъэщу зыкъагъэлъагъуэри, абы игу игъэкIуэдыркъым. ДяпэкIэ тренеровкэхэм нэхъ и нэIэ тригъэтыну и мурадщ Чэгъэдум, апхуэдэуи гупым адыгэ щIалэ нэхъыбэ къыхишэну и хъуэпсапIэщ.
- Къэралыгъуэ жыжьэм сыкъыщыхъуами, си унагъуэр, си ныбжьэгъухэр Америкэм щыIэми, нобэ си хэку сыкъэкIуэжауэ, си унэ сыщIэсу къысщыхъуу сыщыIэщ Мейкъуапэ. Си хэкум зыгуэркIэ сыкъыхуэсэбэпыныр сэркIэ насыпщ. Сыкъезыгъэблэгъахэм фIыщIэ яхузощI. «Зэкъошныгъэр» гуп лъэщ хъуным Iэмалрэ зэфIэкIыу сиIэр есхьэлIэнущ, - жеIэ Америкэм къыщалъхуа адыгэ футболистым.
НэщIэпыджэ Замирэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2857.txt"
} |
Къандур Мухьэдин и «Иужьрей щэкIуэгъуэ»
Котляровхэ я тедзапIэм иджыблагъэ урысыбзэкIэ къыщыдэкIащ Къандур Мухьэдин и романыщIэ. Япэ напэкIуэцIым щегъэжьауэ и кIэм нэс укъимыутIыпщу узэзыгъаджэ тхылъыр «УрысеищIэм и роман» зыхужаIэхэм ящыщ хъуащ.
Къандур Мухьэдин и романым къытхутопсэлъыхь тхылъ тедзапIэм и редактор нэхъыщхьэ Котляров Виктор:
- «Иужьрей щэкIуэгъуэр» цIыхум унафэ щIыныр къыIэрыхьэным зэрыхуэпабгъэм, гъащIэмрэ лIэныгъэмрэ хэIэбэну къару зэримыIэм арэзы къызэримыщIым, «натIэм ит» жыхуэтIэ ухыгъэм и къару фIэкIыпIэншэм теухуащ. Романым лIыхъужь нэхъыщхьэ хуэхъуащ африкэ къумым лIыгъэ зэхэгъэкIыпIэ къыщилъыхъуэу щакIуэ кIуа, Кавказым щыщ, Урысейм зэфIэкI щызиIэ, мылъкушхуэ зыбгъэдэлъ цIыху. ЩакIуэмрэ лIыхъужьыр зыхуэпабгъэ цIыху къулыкъум хущIэкъунымрэ щызэпэщIегъэувэ тхакIуэм романым и сюжетым, икIи ар щхьэусыгъуэ мэхъу зэпэщIэтыныгъэ гуащIэмрэ гужьгъэжьымрэ я мыгъуагъэр утыку къихьэнымкIэ.
«Иужьрей щэкIуэгъуэр» - гупсысэ куу зыщIэлъ, Урысейм коммунистхэм я зэманыр щиуха нэужь, къэралыр зыхуэкIуар къыщыгъэлъэгъуа роман гъэщIэгъуэнщ. ЦIыхубэ мылъкур уней-унейуэ щызэбграхкIэ, абы сэтейм къытреутIыпщхьэ цIыху нэпсеягъэри гъунэ зимыIэ и къызыфIэщIыжыкIэри.
Адыгэ щэнхабзэм хэлъхьэныгъэ абрагъуэ хуэзыщIа Къандур Мухьэдин фильм зыгъэув режиссёрщ, сценаристщ, тхакIуэщ. Илъэс 50-м щIигъуауэ Голливудым епхауэ лажьэ Къандурым пщIэшхуэ зыпылъ саугъэт лъапIэ куэд киногъуазджэм къыщыхуагъэфэщащ. Абы и иужьрей лэжьыгъэхэм ящыщщ «Черкес» (2010), «Фейсбук романс» (2012) фильмхэр.
Къандурыр къыщацIыху Европэми, Азиеми, США-ми. Абы и тхыгъэхэр зэрадзэкIащ урысыбзэкIэ, франджыбзэкIэ, испаныбзэкIэ, хьэрыпыбзэкIэ, нэгъуэщIхэмкIи. Мухьэдин Хэкужьми фIыуэ къыщалъагъу, абы зэрехьэ «Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ» цIэ лъапIэр.
Чэрим Марианнэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2858.txt"
} |
«СтIол хъурей» щхьэпэ
Аруан районым хыхьэ Къэхъун къуажэм дэт курыт еджапIэ №2-м нэхъыжь классхэм щеджэхэмрэ «Къэлъыхъуэныгъэ» клубым хэтхэмрэ школым щаIущIащ УФ-м и Лъэпкъ гвардием хэтхэм. «СтIол хъурейм» и Iуэхугъуэ нэхъыщхьэу щытащ «Урысей гвардием и лIыхъужьыгъэ напэкIуэцIхэр».
ЗэIущIэр къызэрагъэпэщащ икIи ирагъэкIуэкIащ Урысейпсо дзэ-тхыдэ зэгухьэныгъэм Аруан районым щиIэ и щIыналъэ къудамэм и уна-фэщI Шыбзыхъуэ Хьамсинэ и жэрдэмкIэ.
Зэпсэлъэныгъэхэм я къалэн нэхъыщхьэу щытащ щIалэгъуалэр хэкупсэу къэгъэхъуныр, IэщэкIэ и Хэкур ихъумэжыфыныр, дзэ тхыдэхэм, хабзэхэм нэхъ куууэ щыгъуазэ зыщащIыныр.
НыбжьыщIэхэм драгъэкIуэкIа «стIол хъурейм» кърихьэлIащ Аруан районым щыIэ ПЦО МОВО-м и унафэщI Кулиев ТIахьир, Къэхъун къуажэ администрацэм и Iэтащхьэ Къандэхъу Леонид, «Кавказ гъунапкъэ» къэлъыхъуакIуэ гупым и къызэгъэпэщакIуэхэм ящыщ Гулэжын Беслъэн, куейм и хъыбарегъащIэ-методикэ центрым и директор Балъкъэр Альбинэ сымэ, нэгъуэщIхэри.
ЗэIущIэр иригъэкIуэкIащ курыт еджапIэм и унафэщIым гъэсэныгъэ IуэхухэмкIэ и къуэдзэ Къардэн Аксанэ.
Къэхъун къуажэм дэт етIуанэ курыт еджапIэм и директор Джатокъуэ Риммэ къызэхуэсахэм захуигъазэу къыхигъэщащ школакIуэхэр хэкупсэу, къэралым и хъумакIуэ нэсу, Конституцэм къахуигъэув къалэнхэр ягъэзащIэу къэхъуну зэрыщыгугъыр.
Школым и «Къэлъыхъуэныгъэ» клубым хэтхэм хьэщIэхэм я нэгу къыщIагъэувэжащ Урысей гвардием и тхы-дэм и напэкIуэцI нэхъыщхьэхэр. 3-8-нэ классхэм щIэсхэр къеджащ къэралым и дзэ нэхъыщхьэхэм папщIэ усэхэм, уэрэд кIэщIхэр жаIащ.
«СтIол хъурейм» и етIуанэ Iыхьэм Урысей гвардием къикIахэм класс нэхъыжьхэм щеджэхэр щыгъуазэ ящIащ къулыкъу езыхьэкIхэм къыхуагъэув мардэхэм, абыхэм я къалэнхэм, Хэкум и къэкIуэнымкIэ дэтхэнэ зы цIыхухъуми жэуап зэрихьым.
АдэкIэ зэпсэлъэныгъэхэм къыпащащ «Кавказ гъунап-къэ» къэлъыхъуакIуэ гупым и унафэщI Цыбин Викторрэ Гулэжын Беслъэнрэ. Абыхэм жаIащ Хэку зауэшхуэм хэкIуэда Дзэ Плъыжьым и зауэлI 39-рэ къагъуэтыжу хуэфэщэн пщIэ яIэу 2021 гъэм зэрыщIалъхьэжар. Кавказ Ищхъэрэм и къэлъыхъуакIуэ гупыр къэралым и адрей щIыналъэхэм жыджэру зэрадэлажьэр, республикэм и щIалэгъуалэм щIэх-щIэхыурэ дерс щхьэпэхэр зэрыдрагъэкIуэкIыр. КъБР-м щыIэ гвардиемрэ «Кавказ гъунапкъэ» къэлъыхъуакIуэ гупымрэ зэгурыIуэныгъэ зэра-щIылIам ипкъ иткIэ, зэщIыгъуу курп лъагапIэхэм дэкIащ, Iуэхугъуэ зыбжани зэдрагъэкIуэкIащ.
ЗэIущIэм и кIэухыу къуажэ администрацэм и Iэтащхьэ Къандэхъу Леонид хьэщIэхэм-рэ ныбжьыщIэхэмрэ фIыщIэ яхуищIащ зэпсэлъэныгъэ купщIафIэ зэрырагъэкIуэкIам папщIэ.
Жыласэ Замир.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2859.txt"
} |
Гузеев Сэфарбий Жэмал и къуэр
Дунейм ехыжащ лэжьакIуэшхуэу, ныбжьэгъуфIу щыта Гузеев Сэфарбий Жэмал и къуэр. Куэд къимыгъэщIами, куэд хузэфIэкIащ, жыхуаIэ цIыхухэм яхуэдащ ар.
Сэфарбий еджапIэ нэхъыщхьэр къиуха нэужь, а зэманым цIэрыIуэу щыта комсомолым и IэнатIэхэм щылэжьащ. ЩIалэгъуалэр гъэсэн и лъэныкъуэкIэ иIэ зэфIэкIыр къалъытэри, ВЛКСМ-м и ЦК-м и школ нэхъыщхьэм ягъэкIуат. Ар къиухри, илъэс зыбжанэкIэ къулыкъу щрихьэкIащ ЩIалэгъуалэм и коммунист зэгухьэныгъэм и Октябрь райкомым (Налшык къалэ) и япэ секретару. ИужькIэ налог инспекцэми щылэжьащ.
Иужьрей илъэс 15-м Налшык къалэ и суд участкэм зэзыгъэкIуж судыщIэ IэнатIэр щиIыгъащ.
Сыт хуэдэ Iуэху пэрымытами, а цIыхум щытхъу иIэу и къалэнхэр игъэзэщIащ. Ар сыт щыгъуи хьэзырт къыхуэныкъуэ хъухэм хузэфIэкIымкIэ ядэIэпыкъуну.
Гузеев Сэфарбий Жэмал и къуэр куэдрэ ягу илъынущ абы дэлэжьахэм, зыцIыхуу щытахэм, и Iыхьлыхэмрэ благъэхэмрэ.
Ныбжьэгъу гуп.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "286.txt"
} |
ЗылI и быну
ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэу пщэдей Урысей Федерацэм щагъэлъапIэнум ди къэралым и тхыдэ напэкIуэцIхэм дыхурегъэплъэкIыж, абы хэта гугъуехьхэр ди нэгу къыщIегъэувэж. Илъэс 400 хуэдизкIэ узэIэбэ- кIыжмэ, щытыкIэ гугъу ихуа цIыхубэр зылI и быну зэкъуэувэныр хэкIыпIэфIу зэрыщытам и нэщэнэщ мы махуэшхуэр. Урысей лъэпкъыбэм апхуэдэ акъылрэ къарурэ къалъыкъуэкIри, хэкупсагъэмрэ жэуаплыныгъэмрэ зэришэлIащ, къалъыкъуэкIа гугъуехьым а зэкъуэтыныгъэм и фIыгъэкIэ пэлъэщри, гъуэгу захуэм теуващ.
Ди гъунэгъу къэралхэм ящыщу нэхъ лъэщу щыта Польшэм Урысейр зыIэщIилъхьэну къыщытеуэм, нэгъуэщI къэралым и унафэ щIэувэну хуэмей цIыхубэр куэд хъурти, къызэрыIэтащ. А зэщIэхъееныгъэр зэщIагъэуIуащ Минин Козьмарэ пщы Пожарскэ Дмитрийрэ. Дзэзешэу абыхэм ягъусащ адыгэпщ Черкасскэ Дмитрий (Къанщауэ).
Урысейм и цIыхухэр къаруушхуэ зэрыгъэхъуат икIи яхузэфIэкIащ зэрыпхъуакIуэхэр Москва дахужу къэралыр хуит къащIыжын. Абы теухуауэ ягъэува махуэшхуэр XX лIэщIыгъуэр къэсыху илъэс къэс ягъэлъэпIащ, ауэ Октябрь революцэ нэужьым ар къэралым и махуэшхуэхэм хагъэкIащ. АрщхьэкIэ «Урысейм и зауэлI щIыхьымрэ фэеплъ махуэхэмрэ я IуэхукIэ» 1995 гъэм гъатхэпэм и 13-м къыдэкIа Федеральнэ законым ипкъ иткIэ, ар зэфIагъэувэжащ, мылэжьэгъуэ махуэуи ягъэпсащ.
Нобэ Урысейм и унафэщIхэми, абы щыпсэухэми я дежкIэ лъапIэщ мамырыгъэмрэ зыужьыныгъэмрэ, зэкъуэтыныгъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ. Ар япэ зэрырагъэщырщ зэманым къигъэув мардэхэм щIыпэлъэщыфри, къэралым къару къезытри, зыужьыныгъэм ерыщу щIыхуэкIуэри.
БлэкIам ухуеплъэкIыжкIэрэ, къэкIуэнур бубзыхун хуейщ. Къэралым, лъэпкъхэм я тхыдэм къыхэщыж Iущыгъэхэр, ехъулIэныгъэхэр, ди адэшхуэхэм я IуэхущIафэхэмрэ гупсысэ убзыхуахэмрэ къэтпщытэжурэ иджыри гъуазэ тщIыфынущ, абыхэм я фэеплъым дыхуэпэжу мамыру дыпсэуфынущ, къыдэкIуэтей щIэблэм гупсысэ куурэ хэкупсэ гъэсэныгъэрэ ябгъэдэтлъхьэфынущ.
Уи хэкур фIыуэ плъагъумэщ узыпэрыт Iуэхур къыщохъулIэнури, узытет гъуэгуанэр къыщызэбнэкIыфынури, укъэзыухъуреихьхэм тыншу уащыдэпсэуфынури. Абы къыхэкIыу дзыхь зэхуащIыжу, зэгурыIуэу, зэдэIэпыкъужу цIыхубэр зэдэпсэумэ, хэкуми, лъэпкъми, унагъуэми, цIыхуми я къарумрэ зэфIэкIымрэ ефIэкIуэнуращ. Ахэращ къэралыр лъэщ зыщIри, ипэкIэ зыгъэкIуатэри.
Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.
НэщIэпыджэ Замирэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2860.txt"
} |
КIуэкIуэ Дианэ и гъуэгу къежьапIэ
Нотариус IэщIагъэм ди зэманым щIэупщIэшхуэ иIэ хъуащ. Ауэ абы и лэжьыгъэр тыншу къэзылъытэхэр щыIэщи, щоуэ. Дэфтэрхэр гъэхьэзрынымрэ Iэ щIэдзынымрэ къыдэкIуэу, ахэр зэпымыууэ щыгъуазэу щытын хуейщ къэралым и законхэм халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэм.
КIуэкIуэ Дианэ иджыри магистратурэм щIэсу (2010 гъэм), юрист-чэнджэщакIуэу щIыдагъэ къезышэкI IуэхущIапIэм лэжьэн щыщIидзащ, аспирантурэм щIэтIысхьа нэужь, егъэджэныгъэ Iуэхум хыхьащ. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым граждан правэмкIэ и кафедрэм и ассистент, итIанэ и доцент (2012 гъэм щегъэжьауэ) хъуащ. Илъэсищ хъуауэ а лэжьыгъэм нотариус IэщIагъэри дехь.
- Хабзэ зэхущытыкIэхэм студентхэр зэрыхэзгъэгъуазэр сфIэмащIэу, юристуи сылэжьэну сыт щыгъуи сыщIэхъуэпсу щытащ, - къыхегъэщ абы.
КIуэкIуэ Дианэ хэтщ Нотариатым и дунейпсо зэгухьэныгъэм. Абы зэрыжиIэмкIэ, ар IэмалыфIщ дуней псом щылажьэ нотариусхэм я зэфIэкIым зыщагъэгъуэзэнымрэ я Iуэху бгъэды- хьэкIэхэм щапхъэ трахынымкIэ. «Зэгухьэныгъэм и мыхьэнэр нэхъ ин ещI къащтэ хабзэхэм ехьэлIауэ уиIэ щIэныгъэм щыщIагъэ гуэр хэлъмэ абы гу зэрылъыуигъэтэжым», - жеIэ Дианэ.
АдэкIэ ар щеджащ Нотариатым и Дунейпсо университетым - нотариус ныбжьыщIэхэр зыщIагъэтIысхьэм. «Си лэжьыгъэм зэрыщIэздзэрэ абы щызгъуэта гъэунэхуныгъэм нэхърэ нэхъ згъэлъапIэ сиIакъым. Франджым, Швейцарием, Канадэм я профессор нэхъ цIэрыIуэ дыдэхэм, къэрал зэмылIэужьыгъуэу 80-м щIигъум я IэщIагъэлIхэри абыхэм яхэту, щхьэж и къэралым хуитыныгъэхэр зэрыщахъумэм, я Iуэху еплъыкIэхэм дедэIуэну Iэмал диIащ», - пещэ абы.
КIуэкIуэ Дианэ Федеральнэ Нотариальнэ палатэм и лIыкIуэхэм я гъусэу, Париж щекIуэкIа франджы-урысей конференцми хэтащ.
- Нотариатыр псом нэ-хъыщхьэу цIыхум дэлажьэу аращ. Махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу, абы щызэхокI цIыхухэм я хуитыныгъэхэм епха гугъуехьхэр. Ди зэманым бжыгъэ технологиехэм зэрызрагъэужьым нотариусым и IэщIагъэм хуэмыныкъуэж хъуну еплъыкIэ зэрыщыIэр си фIэщ хъуркъым, - къыхегъэщ бзылъхугъэм. - СызэреплъымкIэ, цIыхухэм сыт хуэдэ зэманми абы зыхуагъэзэнущ. Сыту жыпIэмэ, и хуитыныгъэхэр лъэныкъуэ псомкIи къилъытауэ программэм хузэгъэзэхуэну къысщыхъуркъым. Абы щыгъуэм нотариусым Iэ зыщIи-дза, мыхъур зытридза дэф-тэрым шэч хэлъыжкъым. Иджыпсту нэхъыбэрэ IэщIагъэлIхэм зэрызыхуагъазэр щIэину къалъысым щыхьэт техъуэ дэфтэрыр тхыным теухуащ. Апхуэдэуи дзыхь-тхылъ гъэхьэзрынми щIэупщIэ иIэщ. Иужьрей зэманым къыкъуэкIа зэпэщIэхэ IэмалыщIэхэм я фIыгъэкIэ куэдым зыкъытхуагъэзэф нэгъуэщI къалэхэм щыщыIэм дежи.
Дианэ Нотариус ныбжьыщIэхэм я зэгухьэныгъэм хэтщ. Ар КъБР-м и Нотариальнэ палатэм хеубыдэм икIи абы хагъэхьэр илъэси 10-м щIигъукIэ а IэщIагъэм ирилэжьахэрщ.
- СызэреплъымкIэ, зэгухьэныгъэм и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ нотариатым и мыхьэнэр зыхуэдэр цIыхум къагуригъэIуэныр, хабзэ и лъэныкъуэкIэ чэнджэщэгъу яхуэхъуныр, - жеIэ Дианэ. - КъБР-м и Нотариальнэ палатэм и президентым и гъусэу, ди зэгухьэныгъэр зэлэжьынухэр иджыблагъэ игъэбелджылащ. Сэ сыхуейщ адэкIи жылагъуэ IуэхущIапIэхэм садэлэжьэну, цIыхухэм я хуитыныгъэхэм хэзыгъэгъуазэ зэхыхьэхэм си къару хэслъхьэну, псапэ зыпылъ Iуэхухэм сыхэтыну. Псалъэм папщIэ, ди зэгухьэныгъэр ядолажьэ республикэм и Адвокатхэм я коллегием, КъБР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм епха щIа-лэгъуалэ центрым, КъБР-м и профсоюз IуэхущIапIэхэм я зэгухьэныгъэм. Иджыблагъэ КъБКъУ-м и юридическэ къудамэм и гъусэу «стIол хъурей» едгъэкIуэкIащ. Ар тедухуат ди республикэм щыпсэухэм юридическэ Iуэхухэм ехьэлIауэ пщIэншэу чэнджэщхэр зэрыратыр тэмэму зэтеублэным. Ди мурадхэр куэд мэхъу, зэрыхъукIэ, ахэр зэрыдгъэзэщIэнум дыхущIэкъунущ.
НэгъуэщI зы Iуэху щхьэпи КIуэкIуэ Дианэ и ужь итщ - ар Инстаграмым щиIэ напэкIуэцIым дэфтэрхэр зэрагъэхьэзырым ехьэлIауэ цIыхухэр нэхъыбэу зыщIэупщIэхэм, зи хэкIыпIэ къалъыхъуэхэм теухуауэ чэнджэщхэр зэращритырщ.
БАГЪЭТЫР Луизэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2861.txt"
} |
ЩIэныгъэмрэ нэмысымрэ ягъэдахэ бзылъхугъэ
«Жыгым къыпыкIэр и уасэщ, цIыхум и уасэр и лэжьыгъэрщ», - жаIэ. Шэч хэмылъу, цIыхум и гъащIэм щыпхиша лъагъуэр бгъуэ хъунуми, кIыхь хъунуми зэлъытар къыхиха Iуэхум хилъхьэ къарурщ, ирихьэлIэ гуащIэм и инагъырщ...
Мы тхыгъэр зытеухуа, УФ-м и Правительствэм деж щыIэ Финанс университетым Экономикэ лэжьыгъэм и хабзэ зэхэтыкIэхэмкIэ и департаментым и доцент, юридическэ щIэныгъэхэм я кандидат, ди хэкуэгъу щIэныгъэрылажьэ бзылъхугъэ, егъэджакIуэ Iэзэ Дыгъужь (Шыбзыхъуэ) МыIуминат нобэ къызэринэкIа гуащIэмрэ лэжьыгъэмрэ уриплъэжмэ, къызыхэкIа адыгэ лъэпкъым и пщIэр Iэтыным хуищI хэлъхьэныгъэр къызэрымыкIуэу инщ, куущ, купщIафIэщ.
МыIуминат къыхиха IэщIагъэм емызэшу хуолажьэ, зытехьа щIэныгъэ гъуэгум гушхуауэ ирокIуэ, и лэжьыгъэм гупсэхуу бгъэдэтщ. НэгъуэщIуи хузэфIэкIынукъым. МыIуминат зыщIапIыкIар аращ, щапхъэ хуэхъуар узыфIэмыкIыжыну щIэныгъэ куурэ зэхэщIыкI лъагэрэ зэрылъ унагъуэ дахэщ.
КъЩР-м и Хьэбэз районым хыхьэ Жьакуэ (Алъэсчырей) къуажэм дэс егъэджакIуэхэу Шыбзыхъуэхэ Хьэтызэрэ Аминатрэ я унагъуэм къихъуащ щIэныгъэр гъащIэ гъуэгу зыхуэхъуа пщащэ пажэр.
Къуажэм дэт курыт еджапIэр фIы дыдэу къиухри, пщащэм мурад ищIащ и адэ-анэм я гуащIэдэкI гъуэгуанэм ирикIуэну икIи Черкесск дэт, Совет Союзым и ЛIыхъужь Хьэбэч Умар и цIэр зезыхьэ, егъэджакIуэхэр щагъэхьэзыр педагогическэ училищэм щIэтIысхьащ. ИкIи диплом плъыжькIэ еджапIэр къиухащ. Иужьым, щIэныгъэ нэхъыщхьэ зэгъэгъуэтыным хуэпабгъэ пщащэм мурад ищIащ еджапIитIым зэуэ щIэтIысхьэну. Ар къехъулIащ абы икIи институтитIыр къызэдиухащ - тхыдэ, юридическэ факультетхэм щеджащ.
ИужькIэ аспирантурэм щIэтIысхьэри, Москва щыпхигъэкIащ адыгэ IуэрыIуатэр зи лъабжьэ «Правовая охрана проявлений фольклора» кандидат диссертацэр.
Шыбзыхъуэ МыIуминатщ япэ дыдэу лъэпкъым и IуэрыIуатэр хъумэным теухуа юридическэ щIэныгъэ лэжьыгъэр Москва щыпхызыгъэкIар. А лэжьыгъэр иригъэжьауэ щытащ езым къиуха къуажэ курыт еджапIэм тхыдэмкIэ егъэджакIуэу щыщылажьэм. Абдежу къелъытэ и IэщIагъэм хуиIэ зэхэщIыкIым зыщиужьар, и къарур псыхьа щыхъуар. НэгъуэщIу хъунт?! Пщащэр япэ и IэщIагъэм щыпэрыувари, щIэныгъэ гъуэгум щытеувари а еджапIэрат, и адэр зи унафэщIырт. ЛэжьыгъэкIэ щапхъэ хуэхъуа и адэр пасэу дунейм ехыжащ…
И кандидат лэжьыгъэр пхигъэкIыу, щIэныгъэцIэ лъагэр къыхуагъэфэ- ща нэужь, МыIуминат хеящIэм и дэIэпыкъугъуу КъШР-м и Арбитраж судым щылэжьащ. Абы къыкIэлъыкIуэу, Тюмень къэрал университетым и къудамэу Ямал хытIыгуныкъуэм щыIэ егъэджэныгъэ IуэхущIапIэми щыIащ.
- Си гъащIэм щызэзгъэгъуэта Iуэху зехьэкIэм, си зэхэщIыкIым, щIыуэпс щытыкIэ къызэрымыкIуэ здэщыIэ щIыпIэхэм сызэрыщылэжьам, нэгъуэщI лъэпкъхэм я щэнхабзэм сыкIэлъыплъу сыкъызэрыгъуэгурыкIуам си щIэныгъэ лэжьыгъэм хузиIэ бгъэдыхьэкIэм хуабжьу зригъэхъуэжащ. Псалъэм папщIэ, сыкъызыхэкIа лъэпкъым къыдекIуэкI лъэпощхьэпохэмрэ Урысейм и ищхъэрэ лъэныкъуэм щыпсэу лъэпкъхэр къызэтенэнымкIэ, захъумэжынымкIэ зэфIахын хуей Iуэхухэмрэ зэзгъапщэурэ, адыгэ лъэпкъым фIы и лъэныкъуэкIэ дяпэкIэ зиужьыным хуэгъэзауэ гъуэгум и кIуапIэр къыхэслъагъукIащ, - къыддогуашэ щIэныгъэрылажьэр.
ИщхьэкIэ къызэрыхэдгъэщауэ, нобэ МыIуминат щолажьэ УФ-м и Правительствэм деж щыIэ Финанс университетым. Абы къыдэкIуэуи, езым къарурэ гукъыдэжрэ къыхэзылъхьэ Iуэхум - иджырей студентхэм я егъэджэныгъэм и методикэм - гуащIэ ин хелъхьэ.
МыIуминат и Iэдакъэ къыщIэкIа щIэныгъэ лэжьыгъэхэм я гугъу пщIымэ, ахэр узыфIэмыкIыжыну мыхьэнэшхуэ зиIэщ.
Зи гугъу тщIа щIэныгъэ лэжьыгъэхэм, егъэджэныгъэм, лъэпкъым и щэнхабзэр хъумэным хуищI хэлъхьэныгъэшхуэм япкъ иткIэ, МыIуминат иджы дыдэ ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием хагъэхьащ.
- ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием хуэдэ зэгухьэныгъэхэм пIалъэ зэхуэмыдэхэм къалэныщIэхэр къахуэуву щытыпхъэу къызолъытэ. ИкIи, сызэреплъымкIэ, нобэ академием лъэкIыныгъэшхуэ иIэщ дуней псом адыгэу тетым я щIэныгъэлIхэр зэдэгъэлэжьэнымкIэ, къэхутэныгъэхэр зэдрагъэкIуэкIынымкIэ, лъэпкъым ифI къызыхэкIын, лъабжьэшхуэ зиIэ щIэныгъэ лэжьыгъэхэр къагъэщIынымкIэ къару ин къыкъуэкIыну.
Зы лъабжьэ уиIэу, зы хабзэ зепхьэу, ауэ къэрал зэхуэмыдэхэм ущыщыпсэукIэ, щIэныгъэ еджапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм ущыщылажьэкIэ, бзэ куэд зыщIэхэр къыщыпхэткIэ, мыхьэнэшхуэ иIэу къызолъытэ щIэныгъэлI псоми ди лэжьыгъэр ину утыкум зэрыщыдгъэIуным иужь дитын хуейуэ, - жеIэ Шыбзыхъуэм.
Къыхэгъэщыпхъэщ зи гугъу тщIы пщащэм и лэжьыгъэм, бгъэдэлъ щIэныгъэм къадэкIуэу, хэлъ цIыхугъэр, нэмысышхуэр, зэхэщIыкI куур, щабагъэр, гуапагъэр, шыIэр. Ар сыт щыгъуи хьэзырщ дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэм зыщIигъэкъуэну. А хьэл-щэн дахэ псори ящIыгъужщ щIэныгъэрылажьэ бзылъхугъэм хэлъ ерыщагъымрэ быдагъымрэ.
Сыту гуапэ МыIуминат и щапхъэр нэгъуэщIхэм яхуэпIуэтэн къудейр!
ЩОХЪУЖЬ Люсанэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2862.txt"
} |
Щхьэ щIэлъэныкъуэр зэрагуэшым теухуауэ
Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, адыгэхэм пыщIэныгъэшхуэ хуаIэу щытащ кърым тэтэрхэм. А зэпыщIэныгъэхэр зэи фIы и лъэныкъуэкIэ шэщIауэ екIуэкIыу щытакъым. Кърым хъанхэм адыгэщIыр я блыгу щIагъэувэну сыт щыгъуи пылът, ар хуитыныгъэр зи гъащIэ къуэпс адыгэхэм ядэртэкъым. Абы лъыгъажэ зауэ Iэджи къикIыурэ лIэщIыгъуэ куэд екIуэкIащ.
Зэгуэрым Кърым хъаным деж адыгэпщ гуп щыхьэщIэу абы къапиубыдащ: «Си къэралыгъуэм адыгэхэр фыкъыхэмыхьэу, си унафэм фыкъыщIэмыувэу хъунукъым!» – жиIэри. Щхьэхуитыныгъэр зи бжаблэ адыгэпщхэр абы езэгъакъым: «Дызэныбжьэгъумэ дызэныбжьэгъущ, арыншауэ, зыми и блыгу дыщIэувэнукъым!» – жаIэри. Апхуэдэ жэуапым хъаныжьыр къигъэгубжьащ, и хьэщIэхэм я ерыщагъым зэгуигъэчу. ИкIи адыгэхэм нэмыплъу къахуищIыр къигъэлъэгъуащ и гъэхьэщIэкIэмкIэ: хъаныжьым унафэ ищIащ мо «шэрджэс IумпIейхэм адрейхэм я Iэнэм къытенахэр хуахьыну».
Апхуэдэу ящIри, зы мэл щхьэ щIэлъэныкъуэ нэхъ псэу фIэкIа зыри зыхэмылъ IэнэкIэ шхахуэр къыщIахьэ. Гупым я нэхъыжьым Iуэхур зэрымыщIагъуэр къыгурыIуауэ щхьэ щIэлъэныкъуэр къищтащ. ХьэщIэщым къэзыкIухьу щIэт тэтэрхэм адыгэбзэ зыщIэ яхэтынкIэ хъунути, тхьэкIумэр къытригъэжри, нэхъыщIэм хуишиящ: «Уи тхьэкIумэр гъэжан!» – къригъэкIыу, и IуплъэкIэмкIи къыгуригъаIуэу. ИтIанэ и пэнцIывыр къыпищIыкIри, и къуэдзэм иритащ: «МэкIэ Iэзэу щыт, сытри зэгъащIэ, сытми гу лъытэ!» – къригъэкIыу. ИужькIэ щхьэпхэтIыгур тIууэ зэгуищIыкIри, нэщIащэр пщы тхьэмадэм къыдэтIыс и ныбжьэгъу-чэнджэщэгъум иритащ: «Сыт и лъэныкъуэкIи уи нэр гъэжан, Iуэхур щIагъуэкъым!» – жыхуиIэу. Езым щхьэ куцIыр зэрылъыр къызыхуигъэнащ: «Сэ адэкIэ къэхъунум къыхэкIа зэрыхъунум сегупсысынщ, сакъын хуейщ, бэлэрыгъ хутыкъуэщ», – жыхуиIэу.
А щIыкIэм тету, псоми псори къагурыIуауэ, хъаным и унафэкIэ тэтэр сэмэнхэм адыгэпщхэр яукIыну къащытеуэм, жэщыбгым фIэкIами, зыри жейртэкъыми, абыхэм зэрахуэфащэкIэ яIущIащ: хьэщIэщым къыщIэлъэдахэр хьэдэлъэмыж иращIыкIащ. Хъаным и цIыхухэр къызэщIэушэху, адыгэпщхэм яшхэм зрадзыжри, лIы укIыпIэм къикIащ.
А щIыкIэм тету къела щыхъум, пщыхэм я тхьэмадэм унафэ ищIащ: «Ажалым дыкъезыгъэла щхьэ щIэлъэныкъуэ ижьыр ди гуфIэгъуэм къыщащтэрэ хъуэхъу тражыIыхьу хабзэ тхурехъу», – жиIэри.
Нобэми щхьэ щIэлъэныкъуэм адыгэ Iэнэм щыхуащI пщIэр зыкIи нэхъ кIащхъэ мыхъуауэ лъэпкъым къыдокIуэкI. ХьэщIэнышым щыщу адыгэр нэхъапэ зэIэбыр щхьэ щIэлъэныкъуэрщ. Адыгэ хэгъуэгу псоми я дежкIэ ар нэхъыжь Iыхьэщ, зи Iыхьэри цIыхухъущ.
ХьэщIэм хутрагъэувэр щхьэ щIэлъэныкъуэ ижьырщ, сэмэгур унагъуэм ирахыркъым. Мэл яукIауэ, гъунэгъу лIыжь Iыхьэ хуахьми, яхьыр щхьэ щIэлъэныкъуэ ижьырщ. Ар ишхыну зыхуэфащэ унагъуэм имысмэ, щхьэ щIэлъэныкъуэ сэмэгур зыми хуамыхьу, зыхуагъэфащэр къраджэри ирагъэшх. Аращ хабзэр.
Щхьэ щIэлъэныкъуэр нышым и гъусэущ Iэнэм къыщытехьэр, якъутэу ягуэша иужь бжьэ зырыз яIэтыжри, адэкIэ лэпс къыкIэлъокIуэ, ефэ щыIэжкъым, Iэнэм кIэ игъуэтауэ ялъытэ.
Щхьэ щIэлъэныкъуэр зыхуагъэувыр ар зи цIэкIэ яукIа хьэщIэ нэхъыжьырщ, ауэ ар хьэщIэм имыкъутэу хэгъэрей нэхъыжьым ирегъэкъутэ. Абы тхьэкIумэр къытрегъэжри, сэр къезыта щIалэм, е гупым нэхъыщIэу хэсым ирет, пэнцIывыр хьэщIэ нэхъыжьым и сэмэгурабгъумкIэ къыбгъэдэсым ирет, нэщIащэр нэхъыжьым и ижьырабгъумкIэ щыс хьэщIэ нэхъыжьым ирет, нэхъыжьым щхьэ кIуцIыр зэрылъ Iыхьэр къыхуонэ.
Щхьэ щIэлъэныкъуэр хьэщIэм зэрыхутрагъэувэми хабзэ щхьэхуэ иIэщ. ПэнцIывыр хьэщIэм дежкIэ гъэзауэ щытын хуейщ, ауэ ар и бгъэгум иплъэу ягъэувыркъым, «ди нэхъыжьым къыбогъэпэм», – жамыIэн щхьэкIэ, атIэ хьэщIэ нэхъыжьымрэ хэгъэрей нэхъыжьымрэ я зэхуакум дэплъу е хьэщIэ нэхъыжьым и дамэ ижьымкIэ блэплъу гъэувыпхъэщ. ЩхьэпхэтIыгур хьэщIэм хуэбгъазэми: «Ди нэхъыжьым къыбогъэпыдж», – жаIэнущ.
МафIэдз Сэрэбий.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2864.txt"
} |
Иджырей зэманым декIу усакIуэ, тхакIуэ зэчиифIэ
Сыт хуэдэ зэманми езым и лIыхъужьхэр къегъэщI, ирехъу ар политик, дохутыр, дипломат… Апхуэдэу ди нобэрей дунейм халъхуа цIыху зэчиифIэу зи гугъу фхуэсщIыну сыхуейр журналист, тхакIуэ, усакIуэ Дзыбэ Саниятщ. Саният нэхъыфIу къыщацIыхур езыр щалъхуа Адыгэ Республикэращ. Ар Щэуджэн районым хыхьэ Хьэтэгъужьыкъуей жылэм къыщалъхуащ. Мейкъуапэ дэт гимназиер къиуха нэужь, Адыгэ къэрал университетым филологиемкIэ и факультетым и урыс-адыгэ къудамэм щIэныгъэ щызэригъэгъуэтащ. Пщащэр зыщIэсар гуманитар классти, арагъэнщ бзэм щIыхуеджар. Университет нэужьым, егъэджакIуэу лэжьэну и мурада щхьэкIэ, гъащIэм къыпигъаплъэр журналист IэщIагъэрат. Адыгэбзэри урысыбзэри зэхуэдэу зыгъэшэрыуэ хъыджэбзым иритхэну къыхихар къыдалъхуа анэдэлъхубзэрщ. Республикэм къыщыдэкI «Адыгэ макъ» газетым и редакцэм щылэжьащ. ИужькIэ нэгъуэщI IэщIагъэхэм зритами, журналистикэр, усыгъэр, прозэр зыпищI щыIэкъым.
Илъэс 19 зэрыхъу лъандэрэ матхэ пщащэр. Абы къежьапIэ хуэхъуар тхылъым, еджэным дихьэхыу къызэрыхъуар арагъэнщ, и адэм иIа библиотекэрщ и сабиигъуэм нэхъ къулеигъэу хэтауэ къилъытэри.
- Тхэн щыщIэздза зэманым, зы бэлыхь гуэр си Iэдакъэ къыщIэкIыу щытауэ схужыIэнукъым, си щхьэ къизэрыхьхэр тхылъымпIэм тестхэу арат, - жеIэ Саният. - Илъэс 22-м ситу Щэуджэн районым къыщыдэкI «Заря» газетым и редактор нэхъыщхьэ Тхьэищауэ Хьэсим нэIуасэ схуэхъури, мис абы сытригъэгушхуауэ жыпIэ хъунущ тхэным, «Адыгэ макъым» сызунэтIари аращ. Си тхыгъэхэм къыфIэIуэхуу къеджэжт ар, гу зылъытапхъэхэр сигъэлъагъурт, и деж сригъэблагъэрти, кIыхьу къызэпсалъэрт. «Хъыджэбз цIыкIум иуцIырхъхэм зэман тезгъэкIуэдэнкъым» жимыIэу хуабжьу къыздэлэжьащ икIи быдэу къызжиIащ: «утхэн хуейщ».
Апхуэдэ щIыкIэкIэ къалэмыр гъащIэ гъусэ зыхуэхъуа Саният нэхъыжьым зыхуиунэтIа гъуэгум ирикIуащ, журналистикэм и дунейм хыхьащ. Ауэ пщащэм и зэчийр куэдкIэ нэхъ куут, нэхъ убгъуат газет лэжьыгъэм нэхърэ. Саният и япэ рассказыр зригъэлъэгъуар Адыгэ Республикэм и цIыхубэ тхакIуэ Куэшбей Пщымахуэщ, усыгъэмкIэ и унэтIакIуэу щытар усакIуэ, тхакIуэ, драматург цIэрыIуэ Къуиикъуэ Налбийщ жыпIэмэ ущыуэнукъым. Абы и IэдакъэщIэкIхэр къытехуэу хуежьащ «Зэкъошныгъ» литературэ журналым, «Адыгэ макъ» газетым.
Дзыбэр адыгэбзэкIи урысыбзэкIи зэхуэдабзэу матхэ, поэзиеми прозэми зэхуэдэ дыдэу хозагъэ. А псори зэлъытар и щхьэм къихьэ гупсысэрщ, таурыхъырщ, къэIуэтэкIэрщ.
Саният езым иIэ бгъэдыхьэкIэм хуэдабзэщ и щIэджыкIакIуэхэр Iуэхум зэреплъыри. Абы и IэдакъэщIэкIхэр зэхуэдэу цIыхухэм ягу ирохь, адыгэбзэми, урысыбзэми езым и еджакIуэхэр яIэжщ, ауэ усыгъэкIэ къэпцIыхуамэ и тхыгъэхэм зыщыбгъэгъуэзэну ухуей мэхъу, и прозэр пцIыхурэ, поэзием ухуешэ. А тIуми гупсысэ куу ящIэлъу зэрыщытыр арагъэнщ ар дэтхэнэми и гурыщIэм къипсэлъыкIыу къащIыщыхъур.
- Си щхьэ сыхуэтхэжу аращ жызыIэр захуэкъым. ПцIыщ ар. Адрейхэр еджэн щхьэкIэщ сэ сыщIэтхэр, абы хэслъхьа купщIэр къагурыIуамэ, щIэджыкIакIуэм деж нэсхьэсыфамэ, ар гухэхъуэщ си дежкIэ. «Уэ птхыр уэ езым уи гъащIэм къыхэпха, уэ бгъэунэхуа гурыщIэ?», - жаIэу къыщызэупщI щыIэщ. Хьэуэ. Сэ си гъащIэм къыщыхъу псор е си гум щыщIэ псор утыку къисхьэн хуейуэ къэслъытэркъым, апхуэдэ зыщIэ щыIэми, сфIэемыкIущ. Сэ си хъуреягъым цIыху куэд щопсэу, цIыху гъащIэ куэд щызэблокI, хъыбархэр зэхызох, къызахьэлIэ. Мис а псом щыщ гуэр лъабжьэ щысщI щыIэщ, ауэ и кIэм нэс техуэркъым ар зы цIыху гуэрым и гъащIэм. А псори езыр-езыру щхьэм къихьэу аращ, щыхуейм деж къалэм къуигъэлъыхъуэу, - къыпещэ ди псэлъэгъу пщащэм.
Къалэмым игу зэрыхуэкъабзэр Дзыбэ Саният и Iэдакъэ къыщIэкIа тхылъхэм идолъагъуэ. 2013 гъэм дунейм къытехьащ повестхэмрэ рассказхэмрэ зэрыт «Псэм гъатхэр изщ» тхылъыр, ар и адэ-анэхэу Дзыбэ Аслъэнрэ Нуриятрэ тыгъэ яхуищIащ. 2018 гъэм абы и щIэджыкIакIуэхэр игъэгуфIащ «Нежность» зыфIища, усэхэмрэ рассказхэмрэ урысыбзэмрэ адыгэбзэмрэ щызэхэухуэна тхылъ цIыкIумкIэ. Иджы рассказхэр щхьэхуэу зэрыт тхылъ къыдигъэкIыну егъэхьэзыр.
Саният и усэхэр кIэщIщ, тыншщ, гурыIуэгъуафIэщ. И рассказхэмрэ повестхэмрэ купщIафIэщ, удэзыхьэхщ, дерс къызыхэпхынщ. Абы журналист IэщIагъэм и «плъыфэ» гуэрхэр хэплъагъуэу къысщохъу - гупсысэр къызэщIэкъуауэ, купщIэм тегъэщIауэ къэбгъэлъэгъуэн зэрыхуейр. Псалъэ лей куэд хэмыту къыжыIапхъэщ, Саният иджырей зэманым декIу усакIуэ, тхакIуэ зэчиифIэу зэрыщытыр. Рассказхэмрэ повестхэмрэ хэплъагъуэ образ къэгъэщIыкIэр, цIыху зэхущытыкIэр, къэхъукъащIэхэр къызэриIуэтэж щIыкIэр, зы хьэпшып цIыкIум и теплъэр уи нэгу къыщIигъэхьэн папщIэ къызэритхыхьыр телъыджэщ, щIэщыгъуэщ икIи иджырей мардэхэм йозагъэ. Филологие щIэныгъэ зыбгъэдэлъ, бзэм и беягъыр къэзыгъэсэбэпыф, анэдэлъхубзэм и IэфIыпIэр къыщIэзыгъалъэ тхакIуэм къигупсыса сюжетым и закъуэкъым удэзыхьэхыр, атIэ и дэтхэнэ псалъэухами и ухуэкIэм, псалъэ «гъэджэгукIэм» псэр егъэтыншщ, адыгэбзэр егъэлъагэ.
НэщIэпыджэ Замирэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2865.txt"
} |
Зэкъуэтыныгъэм и къару лъэщ
ЩIыпIэ телъыджэ куэд иIэщ мы ЩIы хъурейм, абыхэм нэхърэ нэхъ телъыджэжщ абы щыпсэу цIыхухэр. Зы цIыхущIэ махуэм къэпцIыхуамэ, ар пщIэншэу мыкIуэдауэ жаIэ. НэгъуэщI лъэпкъ щыщ унагъуэ зэбгъэцIыхуарэ нэгъуэщI щэнхабзэ ухагъэгъуэзамэ щэ?!
Тыркум и зы зыгъэпсэхупIэ жылэ цIыкIум щызэдгъэцIыхуат урысыбзэ фIыуэ зыщIэ унагъуэ. Доходэхэ я унагъуэм я зыгъэпсэхупIэр къызэрымыкIуэу дахэщ икIи хуэщIащ. Абы шхапIэ зэмылIэужьыгъуэу зыбжанэ яIэщ. ТIысыпIэхэр унэ кIуэцIхэми иIэщ, жыг лъабжьэхэми щIэтщ, щхьэтепхъуэ иIэу пщIантIэми удэс мэхъу. Зы шхапIэр зы дизайнерым игъэщIэращIэ къыщIэкIынщ, шэнтхэри, Iэнэхэри, тепхъуэхэри, блынхэри зэщхькъым, здэщыIэр щIыбрамэ, къегъэтIысэкIа удз, къуацэ цIыкIухэр зэмылIэужьыгъуэщ. ШхапIэхэм я щIыбагъыр теннис, баскетбол джэгупIэщ, псыгуэн дахэ иIэщ, хуабапIэм къыщыкI жыг лIэужьыгъуэ къомым нэр ягъэгуфIэ. Унагъуэм я нэхъыжьыр илъэс 78-рэ зи ныбжь Доходэ Антониощ, абы и щхьэгъусэр къэзакъ бзылъхугъэщ, Аннэщ и цIэр. Антонио къытщыгуфIыкIыу дригъэблагъэри, хъыбар гъэщIэгъуэн куэди къыджиIэжащ.
- Сэ си адэшхуэр Польшэм къикIащ, мы дызыщIэс унэр япэ дыдэу мыбы щаухуахэм ящыщщ, илъэси 105-рэ и ныбжьщ. Истамбыл франджы лицейр къыщызуха нэужь, щIэныгъэ нэхъыщхьэ зэзгъэгъуэтри, дзэм сыхыхьащ. Германием илъэс 35-кIэ сыщылэжьащ. Си хъыджэбзыр абы щопсэу, си щIалэр мы къуажэм хьэрычэт Iуэху щызэрихуэу щыпсэурти, дыкъыбгъэдэтIысхьэжауэ дыдоIэпыкъу, - жеIэ Антонио.
Адампол зи хэку кърахуу щтапIэ ихьэжа ди лъэпкъэгъухэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ къуажэ цIыкIуу къекIуэкIащ. Ауэ 1918 гъэм Польшэ къэралыгъуэр щхьэхуитыныгъэ иIэу зэфIэувэжа нэужь, нэхъ махэ хъуауэ щытащ. Ауэ а лъэхъэнэм деж ирихьэлIэу Босфор и Iуфэ Iус жылэр лыхь куэдым я дежкIэ хэку хъуат. Езы Адамполи лыхь щэнхабзэм и хытIыгу цIыкIу хуэдэу зиужьырт. ХХ лIэщIыгъуэм и 70 гъэхэм я пэщIэдзэм Адампол къакIуэ гъуэгум асфальт тралъхьащ, зиужьу хуежьащ, ауэрэ лыхь къуажэ цIыкIур дуней псом къыщацIыхуащ. Зэманым къыздихь зэхъуэкIыныгъэхэм сыт щыгъуи цIыхуми къуажэми зыдахъуэж. Ди лъэпкъэгъу куэд мыбы дэкIыурэ Канадэм, Америкэм, Австралием, Германием Iэпхъуахэщ. АпщIондэху, абыхэм ящэж унэхэр тырку унагъуэхэм къагъэнэжурэ къытхэтIысхьащ. Нобэ къапщтэмэ, цIыху 600-м нэблагъэ дэсщ Адамполи, абыхэм ящыщу I00-м нэблагъэр лыхьщ.
Мыр Тыркум и бгылъэ зыгъэпсэхупIэ нэхъыфIхэм ящыщ хъуащ, ауэ щыхъукIи, иджыри къыздэсым лыхь щэнхабзэм и курыхыу Тыркум къыщалъытэ. Къэралыр къыддэIэпыкъуурэ гъэ къэс «Дэ дылыхьщ» фестивалыр идогъэкIуэкI. Хьэрычэт Iуэху мыбы щызэтезублэ тыркухэми лыхь «плъыфэхэр» зэрахъумэным, я ухуэныгъэхэм къызэрыщагъэсэбэпыным иужь итхэщ.
Антонио и щхьэгъусэ Аннэ къэзакъ бзылъхугъэщ. И адэшхуэр Харьков къыщалъхуащ. Езыр къыщыхъуари щыпсэуари Истамбылщ.
- Антониорэ сэрэ Истамбыл франджы школым дыщызэдеджащ, нэгъуэщI къэралхэм дыщыпсэуащ. Иджы илъэс 20-м нэблэгъауэ мыращ ди хэщIапIэр, - дыщегъэгъуазэ Аннэ. - Тыншщ Полонезкёй ущыпсэуну, икIи лъэпкъ зэмыщхьхэр зэрыдэсым щхьэкIэ гъэщIэгъуэнщ. Мыбы щыпсэухэр тырку, урыс, поляк, украин, адыгэ жиIэу зэхадзыркъым, псори зэблагъэ зэIыхьлым хуэдэу къызэдокIуэкI. Фэ фи лъэпкъэгъу шэрджэсхэри ди цIыхугъэщ, ди ныбжьэгъущ. Ахэр фIы и лъэныкъуэкIэ къахощ псоми, хуабжьу цIыху къабзэхэщ, пэжхэщ.
Полонезкёй зыщызыплъыхьхэм абы и хъыбарымрэ дэлъ беягъымрэ къыщащIэу зы унэ цIыкIу дэтщ, илъэси 140-рэ и ныбжьу. Ар Сыбырым къикIыжауэ щыта Винсенти Риззи и унэт. Винсенти Риззи бынибл иIащ. А унэм яужь дыдэу щIэсащ Риззи унагъуэм япхъу нэхъыщIэ Софие, «Тетя Зося» цIэмкIэ щыцIэрыIуэт ар лыхьхэм я деж. И лъэпкъымрэ и хэкумрэ Iуэху купщIафIэ куэд зэрахуилэжьам папщIэ, 1975 гъэм дыжьын бгъэхэIу лъапIи къратащ абы. Езыр лIа нэужь, а унэр музейуэ яхъумэну мурад ящIри, Полонезкёй зэраухуэрэ илъэси 150-рэ щрикъум хуэзэу къызэIуахащ.
Тетя Зося и шыпхъум и къуэ Доходэ Антонио фIыуэ ещIэж и анэ шыпхъур. Абы и жэнагъыу щытамрэ хэкупсэу и гъащIэ псор зэрихьамрэ кIыхьу къыпхутепсэлъыхьыфынущ. Музей-унэм щыфIэдза сурэтыжьхэми иджырейхэми къощ Адампол щытIыса лъэхъэнэм щыщIэдзауэ нобэ къэсыху къикIуа гъуэгуанэр, абы къеблэгъа хьэщIэ лъапIэхэр, къыщызэIуаха IуэхущIапIэхэр, псэукIэр зэрыщытар, нобэ зэрефIэкIуар.
Тетя Зося и фэилъхьэгъуэхэр, и гъуэлъыпIэр, щыпщафIэм щыгъуэ зыIуилъхьэу щыта кIэпхыныр - куэд щIэлъщ музейм, бзылъхугъэм и дуней тетыкIам щыхьэт техъуэу. Псом нэхърэ нэхъыщхьэр, Антонио къызэрыджиIэжамкIэ, къыдэкIуэтей щIэблэм анэдэлъхубзэр егъэщIэным, лъэпкъ щэнхабзэм щIэпIыкIыным Зося и гъащIэр псор зэрытригъэкIуэдарщ. «Абы и унэм сыт щыгъуи сабий макъ щызэхэпхырт, цIыхуншэ зэи хъуртэкъым, - къыддогуашэ Антонио. - Езыр зэи дэкIуатэкъыми, зэманрэ къарууэ иIар зэрыщыту и хэкумрэ и лъэпкъэгъухэмрэ ятригъэкIуэдащ».
Полонезкёй жылэ мыиныр зыгъэдахэхэм ящыщщ лыхьхэм я тхьэелъэIупIэ члисэ иныр. Чыристэн диным къигъэув дауэдапщэ псори щызэфIагъэкI мы унэшхуэр цIыхухэм я тхьэелъэIупIэщ, къуажэдэсхэр щIэх-щIэхыурэ зэкIуалIэщ. ЩэнхабзэмкIэ унэу жылэм дэтырщ лыхьхэм я хъугъуэфIыгъуэхэм я хъумакIуэр, къыдэкIуэтей щIэблэр щэнхабзэ лъагэм щыхуагъасэр.
Полонезкёй - Тыркумрэ Польшэмрэ я зэныбжьэгъугъэм и щапхъэ, и дамыгъэ нэс хъуащ. А къуажэ цIыкIум щытлъэгъуар XXI лIэщIыгъуэм псэу лъэпкъхэр, абыхэм зэрахьэ щэнхабзэ, дин, хабзэ зэмылIэужьыгъуэхэр къызэрыщ зы сурэтышхуэм ещхьщ. Зым зыр щыфIэгъэщIэгъуэным и деж узэкъуэтынымкIэ къару лъэщ мэхъу.
НэщIэпыджэ Замирэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2866.txt"
} |
Нобэ
♦Мамырыгъэмрэ зыужьыныгъэмрэ яхуэлажьэ щIэныгъэм и дунейпсо махуэщ
♦Бухгалтерым и дунейпсо махуэщ
♦ФIагъым и дунейпсо махуэщ
♦Урысей Федерацэм Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и органхэм я лэжьакIуэм я махуэщ
♦1741 гъэм Черкасский Алексей (адыгэщ) Урысейм и канцлеру ягъэуващ.
♦1982 гъэм КПСС-м и ЦК-м и Секретарь нэхъыщхьэу Брежнев Леонид дунейм ехыжащ.
♦1938 гъэм дунейм ехыжащ Тырку Республикэм и къызэгъэпэщакIуэу икIи абы и япэ президенту щыта Кемаль Мустэфа (Ататюрк).
♦1885 гъэм Германием и Бад-Каннштатт къалэ цIыкIум икIыу Унтертюркхайм кIуэ гъуэгуанэр зэпичащ дунейм щыяпэ мотоциклым. Ар зэпкърилъхьат нэмыцэ инженер Даймлер Готлиб.
♦1933 гъэм Нобель и саугъэтыр урыс тхакIуэ, усакIуэ Бунин Иван хуагъэфэщащ.
♦1935 гъэм Орджоникидзе къалэм (иджыпсту Влавдикавказщ) къыщызэIуахащ Осетие Ищхъэрэ къэрал театрыр.
♦1888 гъэм къалъхуащ авиаконструктор, академик, генерал-полковник, Социалист Лэжьыгъэм щэнейрэ и ЛIыхъужь, Ленин саугъэтымрэ СССР-м и Къэрал саугъэтымрэ (тхуэнейрэ) зыхуагъэфэща Туполев Андрей.
♦1919 гъэм къалъхуащ совет конструктор, генерал-лейтенант, техникэ щIэныгъэхэм я доктор, къэрал куэдым къыщагъэсэбэп Iэщэхэр къэзыгупсыса Калашников Михаил.
♦1926 гъэм къалъхуащ шыхъуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Къалмыкъ Хьэжмурат.
♦1928 гъэм къалъхуащ Италием щыщ композитор, дирижёр цIэрыIуэ, кинофильм куэдым макъамэ телъыджэхэр яхуэзытха Морриконе Эннио.
♦1933 гъэм къалъхуащ журналист, тхакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и къудамэм и унафэщIу илъэс куэдкIэ щыта Шыбзыхъуэ Мухьэдин.
♦1947 гъэм къалъхуащ техникэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и ректору щыта, УФ-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къарэмырзэ Барэсбий.
♦1964 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъМУ-м и профессор Шал Тимур.
♦1970 гъэм къалъхуащ урысей футболист, къэралым и командэ къыхэхами ЦСКА-ми я гъуащхьэтетхэм я тренер Овчинников Сергей.
♦1975 гъэм къалъхуащ теленэтынхэр езыгъэкIуэкI, хьэрычэтыщIэ икIи жылагъуэ лэжьакIуэ, «ТЭФИ» саугъэтыр тIэунейрэ зрата Канделаки Тинэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ, къешх-къесу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 1 - 2, жэщым градус 0 - 2 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
ЛIым и узыншагъэр фызым и фIыгъэщ.
Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2867.txt"
} |
Адыгэ «вагъуэщIэ»
Иорданием и къалащхьэ Амман къыщалъхуа ди лъэпкъэгъу пщащэ БищIо Иман оперэ, классикэ уэрэдхэр Iэзэу утыку къизыхьэ вагъуэщIэщ. Пщащэ зэчиифIэр Кавказ зауэжьым и лъэхъэнэм хэкум ирахуауэ щыта адыгэхэм я щIэблэщ уэрэджыIакIуэм и адэ Янал, и анэ Мэг Америкэм и Штат Зэгуэтхэм щыщщ, инджылыз бзылъхугъэщ. Иман дэлъхуитI иIэщ: Ехьярэ Iэдэмрэ.
Хэкурыс адыгэхэр куэд щIауэ кIэлъоплъ БищIо Иман и творчествэм зэрызиужьым, ирогуфIэ икIи ирогушхуэ ар гъуазджэ утыкум вагъуэщIэ цIыкIуу къызэриувам. Иджыпсту БищIохэ я унагъуэр Америкэм и Флоридэ къалэм щопсэу, Иман абы щоджэ, макъамэми дехьэх. КъищынэмыщIауэ, пщащэм бзэ зэмылIэужьыгъуэхэр егъэшэрыуэ: инджылызыбзэм хуиту иропсалъэ, хьэрыпыбзэмрэ итальяныбзэмрэ фIыуэ ещIэ, адыгэбзэр къыгуроIуэ, ауэ ирипсэлъэну тегушхуэркъым. «Амман щыпсэу си адэшхуэмрэ анэшхуэмрэ ди анэдэлъхубзэр фIыуэ ящIэ. Тхылъи йоджэф икIи мэтхэф. Абыхэм къызэрызжаIэжамкIэ, илъэсищэм щIигъукIэ узэIэбэкIыжмэ, Иорданием Iэпхъуа ди адэшхуэхэм яIурылъа ди бзэр дахэщ, ауэ кIуэдыжыпэным нэсащ. Ар сигу хыхьауэ, адыгэ уэрэдхэр зэрызэзгъэщIэным сыпылъщ икIи мащIэ-мащIэурэ утыку къызохьэ. Сэ си адэм и бзэр зыщызгъэгъупщэнукъым, Кавказми сыщыхьэщIэну си хъуэпсапIэщ. Хэкум и къуршхэр дахэу жаIэ», - жеIэ пщащэм.
Иман зэрыцIыкIу дыдэрэ уэрэд жеIэ, дыгъуасэ хуэдэщ бжэмышх иIыгъыу, телевизорым къихьэ уэрэджыIакIуэхэм дежьууэ щыщытар. Илъэситху ныбжьым иту япэ дыдэ итальяныбзэкIэ оперэ уэрэд сценэм щыжиIауэ щытащ. Иджыпсту зэпыу имыIэу уэрэдыщIэхэр ирегъэтх, концертхэм зыхуегъэхьэзыр. Псалъэм папщIэ, ар, и анэр и гъусэу, мазэ кIуам Иорданием и пащтыхь Абдаллэ ЕтIуанэм и унагъуэм иригъэблагъэри, Рагадан быдапIэм концерт щитащ. ДяпэкIэ Нью-Йорк, Вашингтон къалэхэм щитыну концертым зыхуегъэхьэзыр, абыхэм къакIэлъыкIуэу Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм я къалащхьэ Дубай кIуэну и мурадщ.
НыбжькIэ щIалэ дыдэми творческэ гъуэгу дахэ къызэринэкIащ Иман. Америкэм и Штат Зэгуэтхэм я Гимныр нэхъыфIу зыгъэзащIэ къыхахын хуейуэ, флоридэдэсхэр уэрэд жыIэнкIэ щызэпрагъауэм, БищIом япэ увыпIэ къихьри, бейсболкIэ чемпионатыр а ГимнымкIэ къызэIуихауэ щытащ. 2017 гъэм Ливаным щекIуэкIа «Хьэрыпхэм зэчиифIэхэр къалъыхъуэ» музыкэ фестивалым ирагъэблагъэри, классик уэрэджыIакIуэ Бочелли Андреа итальяныбзэкIэ игъэзащIэ «Con te partirò» уэрэдымкIэ текIуэныгъэр къихьауэ щытащ. А фестивалыр иуха нэужь, тхьэмахуэ нэхъ дэмыкIыу, Иорданым и пащтыхь Абдаллэ ЕтIуанэм иригъэблагъэри, къэралым и хуитыныгъэм и Махуэм ирихьэлIэу, «ФIыщIэхэм папщIэ» дыщэ медалыр къыхуагъэфэщащ. Сабийхэм ящыщу оперэ уэрэд гугъухэр фIыуэ зэрыжиIэм папщIэ къратауэ иIэщ «Global prodigy» саугъэт лъапIэр.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, БищIо Иман нэгъабэ Адыгэ Республикэм гъэ къэс щрагъэкIуэкI «Адыгейм и вагъуэ цIыкIухэр» ныбжьыщIэ фестиваль-зэпеуэм и Гран-при-р къихьауэ щытащ. Ар цIэрыIуэ ищIащ телепроектхэми: США-м щекIуэкIа «Америкэм цIыху зэчиифIэхэр къелъыхъуэ» телепроектым, Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм щекIуэкIа «ЩIыхьым и дакъикъэ» зэпеуэм щытекIуащ.
Нэгъаби Адыгейм щекIуэкIа зэпеуэм и къэпщытакIуэхэр дихьэхат Иман и макъ дахэмрэ артист нэсым хуэдэу утыку зэритымрэ. Ар абы щыгъуэм япэу хэтауэ аращ хэкужьым щекIуэкI зэпеуэм, пщащэм адыгэбзэкIэ зы уэрэдрэ академическэ композицэ лъэщрэ игъэзэщIащ.
«Ди хабзэхэри, адыгэ фащэри сигу ирохь, сотхъэж ди нанэ адыгэ шхыныгъуэхэр щысхуиупщэфIкIэ. Си творчествэм теухуауэ си адэ-анэм къызат ущиехэм сыщIодэIу, ахэращ сэ си гъуазэ нэхъыщхьэр», - жеIэ адыгэ пщащэм.
НэщIэпыджэ Замирэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2868.txt"
} |
Бжьэдыгъу Аксанэ: «Сэ адыгэбзэм дэни сынехьэс!»
Бжьэдыгъу Аксанэ куэдым къацIыху адыгэ шхыныгъуэхэр IэфIу зыпщэфI бзылъхугъэу. Езым зэрыжиIэмкIэ, пщэфIэным еджапIэ нэхъыщхьи дипломи хуейкъым, езыр-езыру зебгъасэ мэхъу. Аксанэ бухгалтерщ, езым и IуэхущIапIэ иIэжщ.
ЩIэныгъэр, IэщIагъэр
- Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым учетымрэ-экономикэмкIэ и факультетыр 1992 гъэм, МГУ-м географиемкIэ и факультетыр 1998 гъэм, МВД-м Краснодар щиIэ и университетыр юристу 2009 гъэм къэзухащ. 2000 гъэм экономикэмрэ управленэмкIэ кандидат лэжьыгъэр пхызгъэкIащ.
КъБКъУ-р къэзуха нэужь, Мэкъумэш академием егъэджакIуэу сыщылэжьащ.
Диссертацэ щыстхым щыгъуэ, Москва сыкIуэн хуей хъуащ, иджы хуэдэу ИнтернеткIэ къебгъэхьурэ узыхуейхэм ухэплъэ хъуртэкъым а зэманым, библиотекэм ущылэжьэн хуейт. Академием къыздэлажьэ бзылъхугъэрэ сэрэ зызэщIыдгъури дыкIуащ - абыи итхырт диссертацэ.
Москва дызэрыщыIа мазэр си ныбжьэгъум сэрэ махуэ телъыджэ защIэу дигу къинащ. Зэпымыууэ щIэщхъу къытщIыщIырт, абы дридыхьэшхыжырт.
Дэ тIур мылицэм дыкъагъэувыIэрт зэпымыууэ. Сэ сыт щыгъуи адыгэбзэкIэт сызэрыпсалъэри, си гъусэм жиIэрт: «Уи адыгэбзэращ дыкъыщIагъэувыIэр». Сэри: «Уэ уи нэр къижу зыбоплъыхьри, мыбы дызэрыщымыпсэур дыкъащIэу аращ». - пэздзыжырт. Махуэ гуэрым библиотекэм дыкъикIыжу дызэгуроIуэ: «Еуэ, мылицэм дыкъагъэувыIэну хунэмыс щIыкIэ, цIывыгъуэкIэ дыгъэкIуэж, адэкIи-мыдэкIи домыгъэплъэкI». Дыздэплъэр ди занщIэу метром дыхуожэ. Иджы дынос щыжытIэм, дэнэт… дыкъегъэувыIэ мылицэм. Сэ урысыбзэкIэ жызоIэ: «ДыкъыщIэвгъэувыIэр къызгурыIуэркъым, ди нэIум зыгуэр илажьэ, хьэмэрэ жылэм ямыщIэ гуэр тщIэрэ, метром дыжэу аращ икIэри ипэри…». Езыр погуфIыкIри, жеIэ: «Псори метро ихьэпIэмкIэ мажэ, фэ къикIыжыпIэмкIэщ фыздэжэр. Аращ фыкъыщIэзгъэувыIар».
Тыркум - пщэфIакIуэ
- ИлъэситI и пэ Тыркум срагъэблэгъат, абы щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр пщэфIэнымкIэ си дерс щIэзгъэдэIуну. Къайсэр къалэм щыIэ Адыгэ Хасэрт сезыгъэблэгъар. Къапщтэмэ, бзылъхугъэр пщэфIэным хуеджэн хуеиххэкъым, хуеджагъэххэм хуэдэу пщэфIэн хуейщ. Ауэ, итIани, сызэрагъэблэгъам жэуаплыныгъэ хэслъхьэри, пщэфIэнымкIэ Iэзагъэр щыхагъахъуэм сыщеджащ. Абыи и закъуэ?! ТыркубзэмкIэ егъэджакIуэ къасщтэри, ари мащIэу зэзгъэщIащ. «Згъэлъагъуэхэр, сызытепсэлъыхьхэр къагурымыIуэмэ, къысхуэсэбэпынщ», - жысIат. Ауэ, егъэлеяуэ сыщыгуфIыкIащ къызэрызмыгъэсэбэпами - фIы дыдэу адыгэбзэр ящIэр.
Хамэ щIыпIэм щыпсэу пэтми, Хэкум щыпсэу адыгэхэм ещхь дыдэщ я хьэл-щэнхэр, я зыщIыкIэхэр, я теплъэр. Я псэлъэкIи, я зыгъэгусэкIи, я гушыIэкIи ди хьэблэ фызхэм ещхь дыдэщ. ТхьэмахуитIкIэ дызэхэтащ, ныбжьэгъу дызэхуэхъуащ. КIуэаракъэ, игъащIэм дызэрыцIыхуу дыкъекIуэкIам хуэдэт.
Адыгэбзэр си гъусэу…
- Сэ адыгэбзэм дэни сынехьэс! Дэнэ щIыпIэ сыкIуэми, адыгэбзэщ сызэрыпсалъэр, Iэмал иIэххэмэ. Инджылызыбзи сощIэ хъарзынэу, тыркубзэми хызощIыкI, ауэ адыгэбзэкIэ псэлъэн щIызодзэ. Сыт сыщIэмыпсэлъэнури! Си адыгэбзэм си Iэпэтэрмэшыр щIызогъури, сызыхуейр зыжесIэм къыгуроIуэ. Сэ, псалъэм папщIэ, Истамбыл сыдэтмэ, абы сыт хуэдэ лъэпкъи сыщыхуэзэфынущ. Абы и бзэр щхьэ сэ къэслъыхъуэн хуей?! Бэзэрым сытехьэми, аращ: «ЛIо, мыбы жыпIэр?», «Сыт и уасэр?» -жызоIэри сытетщ.
«Нарт» ООО IуэхущIапIэр
- «Нарт» ООО IуэхущIапIэм бухгалтер Iуэхутхьэбзэхэр щыдощIэ. Ауэ нэхъапэм туризм Iуэхухэм пыщIауэ къыщIэддзат. «Нарт» фIэтщын щIэхъуар! Си адэм и цIэр Нартщ. Школым щылэжьат игъащIэм. ГеографиемкIэ иригъаджэу щытащ. А зытепсэлъыхь къэралхэм, картэмкIэ сабийхэм яригъэлъагъухэм езыр къыщесшэкIыну, и нэгу зезгъэужьыну сехъуапсэрт. АрщхьэкIэ, къупщхьэ уз иIэ хъури, гъуэгуанэ жыжьэ теувэнуи Iэмал иIэжакъым.
Зы зэман ди IуэхущIапIэр дэлажьэу щытащ хамэ къэралым къикIыу адыгэшым, адыгэ уанэм теухуауэ гъэщIэгъуэн гуэрхэр къэзыщIэну, ахэр яджыну ди щIыналъэм къакIуэхэм. Ахэр зыдихьэхыну къытщыхъу щIыпIэхэм, шы фермэхэм тшэрт, дахэ гуэрхэр едгъэлъагъурт. Туризмым и Iуэхур духын хуей хъуащ 2005 гъэм жэпуэгъуэм и 13-м къэхъуа Iуэхум и ужькIэ. Республикэм туризм щыIэжтэкъым, цIыхухэм я къэкIуэныр зэпыуат.
«Лашын» хасэр
- «Лашын» бзылъхугъэ хасэр зэхэзублар сэращ. Абы и япэ зэхыхьэр Сирием къикIыжа ди шыпхъухэ тедухуати, къедгъэблэгъэри, дызэбгъэдэсат, дызэрыцIыхуат. Иджы дызэрощIэ. Адыгэ бзылъхугъэм къыдекIуэкI Iуэхугъуэ дахэхэрщ дызытепсэлъыхьыр, дгъэкIуатэр. Иджыблагъэ «Си анэм и пщэфIапIэм» («Мамина кухня») тхылъыр къыдэдгъэкIащ. И фIэщыгъэми гурыIуэгъуэ зэрищIщи, си анэм ипщэфI шхыныгъуэхэрщ зи гугъу сщIыр. Уи сабиигъуэу узэса шхыным нэхъ IэфI щыIэкъым - ар игъащIэ псокIэ IэфIу уи Iум къонэ. Сэри тхылъыр хуэстхащ адыгэ шхыныгъуэхэр пщэфIыным сыхуэзыгъэса, лъэпкъ сыкъызыхэкIар фIыуэ сэзыгъэлъэгъуа си анэм. Иджыпстуи зэлэжь иIэщ ди хасэм. Нало Заур и «Таурыхъищэ» тхылъым итхэр Щэрмэт Людмилэ и макъкIэ идогъэтхыр. Апхуэдэ аудиохэм щхьэхуэныгъэ гуэрхэри хэлъщ, псалъэм щхьэкIэ, ватсапкIэ зэIэпыпх хъунущ. Дыхуейщ цIыху куэдым яIэрыхьэну, анэхэм я цIыкIухэр драгъэхьэхыну.
ГУГЪУЭТ Заремэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2869.txt"
} |
Мамхэгъым и ехъулIэныгъэ
Алыдж-урым бэнэкIэ
1999 - 2001 гъэхэм къалъхуахэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэ Владимир къалэм щызэхэтащ. Абы къыщыхэжаныкIащ ди лъахэгъу Мамхэгъ Хьэбас.
Къэралым и щIыпIэ куэдым къикIа бэнакIуэхэм зэпэщIэтыныгъэ удэзыхьэх икIи гуащIэ къагъэлъагъуащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу абыхэм къахэжаныкIащ Мамхэгъ Хьэбас. Килограмми 130-м нэс зи хьэлъагъхэм я деж адыгэ щIалэм жэз медалыр щызыIэригъэхьащ.
ТЕМЫР Дисанэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "287.txt"
} |
Спортсмен цIэрыIуэм и фэеплъу
Краснодар щекIуэкIащ бэнэкIэ хуитымкIэ зи ныбжьыр илъэс 21-рэ иримыкъуахэм я урысейпсо зэхьэзэхуэ. Ар фэеплъ хуащIащ 20I3 гъэм гуауэ хэкIуэда бэнакIуэ цIэрыIуэ Кудухов Бесик.
Зэхьэзэхуэм хэта Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ къыхэхам щыщу зи хьэлъагъыр килограмм 70-м нэблагъэ Жылэтеж Ахьмэд финалым 7:2-уэ щыхигъэщIащ Дагъыстэным щыщ Атаханов Фархад икIи дыщэ медалыр зыIэригъэхьащ. Фэеплъ зэпеуэм и домбеякъ медалыр къылъысащ килограмм 86-м нэблагъэ Бажэ ТIахьир.
Къэхъун Бэч.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2870.txt"
} |
Уафэмрэ ЩIылъэмрэ щызэIущIэр джэгурщ
ЦIыху куэд зыхэт махуэщI (тхьэлъэIу) лIэужьыгъуэщ. Джэгум хохьэ къафэ, удж, уэрэд, шыгъажэ, зэпеуэ зэхуэмыдэхэр, нэгъуэщIхэри. Джэгу лIэужьыгъуэу хъуар къанэ щымыIэу къежьащ тхьэхэр зэрагъэлъапIэ Iэмалу, тхьэлъэIухэм я зы Iыхьэу. АбыкIэ щыхьэт наIуэу щытщ, псалъэм папщIэ, Щыблэуджыр, тхьэгъэлъапIэ джэгухэр (Тхьэшхуэуджыр), нэгъуэщIхэри. Мыпхуэдэ джэгу лIэужьыгъуэхэм пшыналъэри, уджри, къафэри, хъуэхъури, лъэIури зэщIэту къакIуэ хабзэт. А псоми къалэну яIэр зыщ: тхьэр яIэту фIы зыхурагъэщIэну аращ.
ИужькIэ джэгухэм нэгузыужь, зэштегъэу къалэнхэри яIэ хъуащ. Апхуэдэу джэгу ящI хабзэщ сабий къыщыхъукIэ, нысэишыжым, щIыхьэхум (псалъэм папщIэ, мэкъуауэ щIыхьэху джэгу), тхьэлъэIухэм (вакIуэихьэжым, Щыблэуджым). Джэгур зэщхьэщокI зэхьэлIа елъытауэ.
Адыгэ джэгухэр куэду зэрызэщхьэщыкIыр къаIуатэ абы я цIэхэми: нысашэ джэгу, жор джэгу, дынхэу джэгу, шу джэгу, нэузыр джэгу. НысащIэм япэу мастэ щриум деж ящIым дынхэу джэгукIэ еджэрт. Адыгэм яхэтащ зы фIы гуэр мурад ищIарэ къехъулIэмэ, джэгу ищIыжыну зытриIуэу.
Абы кIахэхэр нэузыр джэгукIэ йоджэ (нузыр зытеIуэн, псалъэ тын, тхьэлъанэ щIын, жыхуиIэщ). Джэгум хэтым елъытауэ зэщхьэщыкIырт: къуажэ джэгу, хэгъэгу джэгу. Джэгу псалъэр я фIэщыгъэцIэм хэмыту щыIэщ нэгъуэщI джэгу лIэужьыгъуэхэри: шыгъажэ, шурылъэс, шу зэбэн, къэбакъ, къинэмыщIахэр.
Адрей зэхыхьэхэм ещхьу, джэгум нэхъыжь иIэщ, джэгур зэригъакIуэу, зэригъэзахуэу. Абы я цIэхэри мащIэкъым, джэгур зыхуэдэмрэ щекIуэкI адыгэ лъэпкъ-лIакъуэмрэ елъытауэ: джэгу пашэ, джэгу тхьэмадэ, джэгуакIуэ, хьэтиякIуэ, джэгупщ, джэгу таршын, пщыгъэгуфIэ. Джэгур хабзэм тету йокIуэкI. Ар здекIуэкIри, абы къекIуалIэ псом щыщу хэт сыт и пщэ къыдэхуэми – псори убзыхуащ, хъыбар зэрырагъащIэм къыщыщIэдзауэ зэрызэбгрыкIыжым щыщIэкIыжу. ТхьэлъэIум и зы Iыхьэу къакIуэ джэгум, езы тхьэлъэIум хуэдэу, нэхъыжьми нэхъыщIэми, хъулъхугъэми бзылъхугъэми я къалэнхэр, къафэр, уджыр зытехуэр, тхьэлъэIур, шыгъажэр, нэщанауэр, ефэ-ешхэр зэрыщытыпхъэр – псори убзыхуащ.
Езы джэгухэм мымащIэу къахощ мифым и щIэин куэд. Апхуэдэу, нысэм фоч щхьэпрыгъэукIыныр, уэнжакъым еуэныр, къафэхэм я лъабжьэм кIэрахъуэ щыгъэуэныр, къамэ щыхэтIэныр (абы и лъэужьу къыщIэкIынщ къамэхэсэ къафэр), къинэмыщIхэри къоувыр унагъуэщIэр, нысащIэр, джэгум хэтхэр бзаджэнаджэм, цIыху лъэужьейм зэрыщахъумэ Iэмалхэу. Шхын пэрыхьэтым и нагъыщэщ нысэ тепхъэр, цIыху IэфIым, псалъэ гуапэм и дамыгъэщ IурыцIэлъыр.
ЩIэныгъэлIхэм джэгум халъагъуэ мифым и щIэину нэгъуэщI куэди. Апхуэдэу Бгъэжьнокъуэ Барэсбий хуегъэфащэ джэгур здекIуэкI утыкур Уафэмрэ ЩIылъэмрэ «щызэIущIэу», тхьэмрэ цIыхухэмрэ «щызэлъэIэсу»; зи щхьэр уафэм етауэ къафэ щIалэр Уафэм (мифым хъулъхугъэу къыщокIуэ) и дамыгъэу, зи нэр щIыгум етауэ къафэ пщащэр ЩIылъэм (мифым бзылъхугъэу къыщокIуэ) и дамыгъэу, пщащэ теубыдэм пщащэр утыкум зэрытриубыдэр тхьэхэм цIыху тыхьу хуащIу зэрыщытам и щIэину.
Миф щIэинхэр хыболъагъуэ жор джэгуми, нэгъуэщIхэми. МифкIэ зэщIэблами, джэгу куэдым зэ еплъыгъуэкIэ зэштегъэу къалэн нэхъ ямыIэу къыпфIэщIынкIэ мэхъу. Пэжщ, зэштегъэури хэлъщ, ауэ джэгум и къалэныр абы къыщымынэу икъукIэ инщ.
Япэрауэ, абы цIыхур зэхешэ, гурэ псэкIэ зэдэщIа ещI. Джэгум и къалэнхэм и IуэхукIэ Бгъэжьнокъуэм жеIэ: IуэхущIэ къыкъуэкIрэ цIыхум махуэ къэс иIэ псэукIэр и пIэм щикIкIэ, джэгум цIыху мин бжыгъэ зэрешалIэри зы Iуэхум пэрегъэувэ, джэгур фIым щIэджэурэ, цIыхум я гукъеуэхэр ящхьэщех, яхуегъэпсынщIэ, шэчыгъуафIэ ещI, пщэдей къыпэщылъ гугъуехьми пэщIэтыфыну ягурэ я щхьэрэ зэтелъ ещI.
Джэгум нэгъуэщI Iуэхушхуи щызэфIокI. Абы псори щызэгъэзэхуащ, щагъахъэ псори нэм ещтэ, гум йокIуалIэ. Утыкум ит цIыхур цIыхубэ псом я пащхьэ ит хуэдэщи, зыгуэр зы щIыпIэкIэ дичыхыни дишэхыни хъуркъым, бэм гукIэ, псэкIэ зыхищIам нэгъуэщI щыIэн хуейкъым. Абы и IуэхукIэ адыгэ джэгур, шэч хэмылъу, дахагъэм, екIум, фIым, абы уфIэкIынщи нэмысым я университету къоув.
Утыкум, цIыхум уахэту пщIэ емыкIур емыкIу тIуащIэщ, ныбжьырей емыкIущ. Ауэ утыку уиту, цIыхум уахэту фIы пщIамэ, фIыщIэр фIыщIэ тIуащIэщ, уищхьэ-уи пщIэр къызэрымыкIуэу ин мэхъу.
Джэгур зезыгъакIуэ, джэгум и тет, дауэдапщэм (щIэпщакIуэхэм, нысашэм, вакIуэихьэжым, н.) и зэхэшакIуэщ. ДжэгуакIуэр уэрэдусщ, IуэрыIуатэзехьэщ, лъэпкъ тхыдэм и хъумакIуэщ; абы и къалэн щхьэхуэхэр ягъэзащIэ хьэтиякIуэм, джэгу тхьэмадэм, ажэгъафэм. ЩIапщэ джэгур зезыгъакIуэм папщIэ инжыдждэс адыгэхэм джэгу хьэтэ, джэгу хьэтым жаIэ.
Джэгур тхьэлъэIу лIэужьыгъуэу, абы и зы Iыхьэу зэрыщытыр щыхьэт тохъуэ джэгуакIуэм тхьэмадэм (хъуэхъупщым, тхьэпщым (жрец)), Iэзэм (лекарь) я къалэнхэр игъэзащIэу зэрыщытам. IэзапщIэмрэ джэгуакIуапщIэмрэ зэгуэрым зыуэ щытащ: тыхьу яукIа Iэщым и фэр. Бгырыс шапсыгъхэм я джэгум нысэтхьэлъэIур жызыIэр, абы техуэ тхьэпщыIуапщIэр (напэIэлъэщI хужьыр) зи пщэ иралъхьэр хьэтиякIуэрауэ куэдрэ къокIуэ.
ДжэгуакIуэм и нэхъ пщэрылъышхуэу иужькIэ къызэтенахэм ящыщщ цIыхухэр игъэгуфIэныр, гушыIэ-сэмэркъэукIэ ягу къиIэтыныр, мыхъуну илъагъум гу лъитэу ауан ищIыныр. «Сэ си зы псалъэ закъуэкIэ къэрабгъэр лъэпкъым и хъумакIуэ лIыхъужь, дыгъуакIуэр щыпкъагъэ зыхэлъ цIыху сощIыж. Бзаджэм си пащхьэ зыкъригъэхуэну хуиткъым. Мыхъун псоми сэ срабийщ» – апхуэдэу ищхьэ хужиIэжащ пасэрей джэгуакIуэ гуэрым. АпхуэдизкIэ джэгуакIуэ псалъэм къару хэлът, фIэлIыкIыныгъэрэ хьэтыррэ иIэт.
Иужьрей зэманым зи цIэ Iуа джэгуакIуэшхуэхэм ящыщщ Инжыдждэс адыгэхэм я деж – Мыжей Сэхьид, Къэбэрдейм – Агънокъуэ Лашэ, КIахэм – Жанджатэ Къуийнэф.
«Адыгэ мифологием и энциклопедие» тхылъым къитхыжащ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2871.txt"
} |
Къармэхьэблэ-Налшык-Москва
Лъэпкъым и узыншагъэр, и ехъулIэныгъэхэр, и къэкIуэнур абы и щIалэгъуалэм я деж щыболъагъу. Я зэфIэкIхэр бгъэщIагъуэрэ гуапэуи укъагъэуIэбжьу! ДаIуощIэ, допсэлъылIэ, дигу дохьэри, лъэпкъым папщIэ ди щхьэр доIэт! Нобэрей ди лIыхъужьыр физик ныбжьыщIэщ, техникэ щIэныгъэхэм я кандидатщ. Мырзэбэч Мурат Къармэхьэблэ къуажэм къыщыхъуащ, Москва щIэныгъэ щызэригъэгъуэтащ икIи абы щолажьэ, къэхутэныгъэ гугъухэр ирегъэкIуэкI. Унагъуэщ, щIалэрэ хъыджэбзрэ иIэщ.
2006 гъэм къуажэ школыр къиухри, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым физикэмкIэ и къудамэм щIэтIысхьащ. 2008 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэмрэ Ломоносовым и цIэр зезыхьэ университетымрэ зэраухылIа зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ, республикэм и студент зыбжанэ Москва еджапIэ ягъэкIуэну хуит къащIырт. Университетым деж щекIуэкIа зэпеуэм щыпхыкIри, Мурат Москва еджапIэ кIуащ.
- МГУ-м и общежитием сыщIэтIысхьащ. Сэ згъэщIэгъуат абы ущеджэ залышхуэ зэрыхэтыр. Студентхэр абы «боталкэкIэ» еджэрт. Сэ а «боталкэрщ» нэхъ хэщIапIэ схуэхъуар. ЕджапIэм лъэсу сыкIуэрт - зы километр хуэдизынкIэ сыщыпсэум пэжыжьэу арат. Сыту гугъут япэ илъэсыр! Экзамени, зачети стыжыну щысхузэтрихьаи къысхуихуащ. МГУ-м и программэр нэхъ гугъут КъБКъУ-м ейм нэхърэ, ар зыхомыщIэнкIэ Iэмал иIэтэкъым. Си еджэныр занщIэу мардэ гуэрым тезухуащ. ЕджапIэм сыкъикIыжт, общежитие пэшым сыкъэсыжт, сышхэрти, жэщыр 00:00 пщIондэ сыжейрт. Жэщыкум сыкъэтэджт, «боталкэм» сыкIуэрти, тхылъхэм нэху ядэзгъэщт, пщэдджыжьым еджапIэм сыкIуэрт, - игу къегъэкIыж Мурат и студент гъащIэм щыщ гугъуехьхэр.
Мырзэбэч Мурат МГУ-м илъэситIкэ щеджауэ, армэм ираджэри, Балтийскэ флотым къулыкъу щищIащ. Илъэс дэкIри, еджапIэм игъэзэжащ.
- Армэм сыкъикIыжа нэужь, еджэным хузиIэ щытыкIэм зихъуэжат - куэдкIэ нэхъ тынш хъуат. Си псэр гузавэжыртэкъым. Еджэн щызгъэтауэ аракъым, хьэуэ, нэхъри щIэскъузащ. ГъащIэм хузиIэ еплъыкIэм зихъуэжати, еджэн Iуэхури абы къриубыдэрт. Къулыкъу езыхьэкIам къыгурыIуэну си гугъэщ си гупсысэр - гъащIэр нэхъ плъытэ уохъу, - жеIэ абы.
Ещанэ курсым деж студентхэр кафедрэхэм трагуашэрт. Мурат «Геофизикэ» щIэныгъэм дихьэхырти, абы зыхригъэубыдащ. Сутденту и щIакхъуэ Iыхьэр къилэжьыжын щIидзащ: хъумакIуэу, хьэлъэзехьэу, курьеру лажьэрт еджэным къыщыдэхуэм. ЕплIанэ курсым нэсри, и IэщIагъэм къыхуэщхьэпэн щIидзащ – репетитору лажьэрт. АдэкIи щIэныгъэм хигъахъуэурэ, нэхъри зыужьыныгъэ игъуэтащ.
- Етхуанэ курсым сыщеджэу, си япэ иту къэзыуха си ныбжьэгъу гуэрым и гугъу къысхуищIат езыр зыщылажьэ «Физикотехникэхэмрэ радиотехникэхэмрэкIэ урысейпсо щIэныгъэ-къэхутакIуэ институт» федеральнэ къэрал IуэхущIапIэм. Абы щыгъуэ къэрал экзаменхэр къыспэщылът, лэжьыгъэ IэнатIэ схуэхъунум апхуэдэу куууэ сегупсысыртэкъым. Ауэ итIани си дэфтэрхэр институтым езгъэхьащ. Техникэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, УФ-м щIыхь зиIэ и щIэныгъэ лэжьакIуэ Фатеев Вячеслав щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм я гуп зэригъэпэщырт. Сэри абыхэм сахыхьащ. А зэманхэм МГУ-м и къэрал экзаменрэ сессиерэ къыспэщылът. Ауэ сэ псом япэ нэгъуэщI зы Iуэху изогъэщ: ди еджапIэм и «Буревестник» пансионатым зыгъэпсэхуакIуэ сигъэкIуащ - Сочэ, Хы ФIыцэ Iуфэм пэгъунэгъут.
Абы и ужькIэ, къуажэм сыкIуэжри, тхьэмахуитIкIэ абыи гу щысхуащ. Си щхьэр къабзэу, щIэныгъэм сыхуэхьэзыру Москва згъэзэжри, диплом лэжьыгъэм зеспщытащ, - игу къегъэкIыж ди псалъэгъум.
Институтыми ставкэ ныкъуэкIэ щылажьэрт абы щыгъуэ. Диплом лэжьыгъэр пхигъэкIа нэужь, абы увыпащ. Аспирантурэми щIэтIысхьэжри, 20I9 гъэм къиухащ. Кандидат лэжьыгъэр 2020 гъэм пхигъэкIри, техникэ щIэныгъэхэм я кандидат хъуащ.
Мурат щIэныгъэ лэжьыгъэхэр ирегъэкIуэкI, сытым елэжьми дехьэх – гурэ псэкIэ бгъэдохьэ. ФIэгъэщIэгъуэнхэм, иджхэм, зэлэжьхэм теухуауэ жеIэ:
- Девгъэгупсысыт, цIыхур здэщыIэ щIыпIэр къэхутэнымкIэ къэунэхуа Iэмалхэмрэ нэхъапэм иIа щытыкIэмрэ. Шурэ лъэсрэ я зэхуакущ. Спутникхэр къежьа нэужь, хэщIапIэр къэпхутэныр тынш хъуащ, ГЛОНАСС, GPS, нэгъуэщI системэхэри къэунэхуащ. ЖыпкIэ къетхьэкI телефонхэм хэщIыхьащ спутник сигнал - Iэмал къыдат хэщIапIэ къэтхутэну. Зы щIыпIэм уикIыу нэгъуэщIыпIэ укIуэнуми, гъуэгур пхутреухуэ. Мы Iэмалхэр къэгъэсэбэпыгъуэм нэса нэужь тынш хъу щхьэкIэ, ар зэхэгъэувэным, теухуэным щIэныгъэшхуэ хэлъщ. Мис ахэр додж, къыпыдощэ, догъэкIуатэ. СыздэщыIэ къудамэм щолэжь хэщIапIэм и картэ зэхигъэувэнымрэ ар новигацэм пыщIэжынымкIэ Iэмалхэм. Вагъуэхэм уакIэлъыплъкIэрэ ЩIым и гравитацэ губгъуэр къызэрапщ Iэмэпсымэ тщIащ сэ сызыхэт гупым.
«Еджэнымрэ лэжьэнымрэ сыт я зэхуаку?» - деупщIат ди псалъэгъум. Абдежми къыщигъэлъэгъуащ гупсысэ куу:
- Еджэнымрэ лэжьэнымрэ къалэн къыпщащIыр зэщхькъым. Ущеджэм деж щIэныгъэ зэбгъэгъуэтынырщ къалэн нэхъыщхьэ дыдэу уиIэр, уи зэманым нэхъ ухуитщ. Лэжьыгъэр нэгъуэщIщ: IэнатIэм къалэн куэд ущиIэщ, бгъэщIэхъу мыхъуну лэжьэгъухэри къыпщогугъ. МыдэкIи - унагъуэщ, бынщ, лъапсэщ. Сэ псалъэм папщIэ, мис апхуэдэ къалэнхэм сыкъаутIыпщыркъым, си республикэм къэзгъэзэжыну. ЩIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм ират дэIэпыкъуныгъэр къэзгъэсэбэпри Подмосковье фэтэр къыщысщэхуащ, иститутым и илъэсипщI зи пIалъэ зэгурыIуэныгъэм Iэ тездзащ. Ауэ щыхъукIи си гум илъщ си щIыналъэр, си къуажэр, си лъапсэр. Лэжьыгъэм сыкъыщыдэхуэхэм си гъуэгу занщIэр - къуажэрщ. Къапщтэмэ, жэуап щIэсхьхэрщ си насып хъужри: си унагъуэр, си лэжьыгъэр.
ГУГЪУЭТ Заремэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2872.txt"
} |
Пщым и шыхэпщыр жыпIэн, пщым и фияпщэр жыпIэн…
Адыгэбзэм щыщщ
Бынжэкъуакъуэ – зи бынжэгур и ныбафэм къытетІеикІым щхьэкІэ жаІэ.
Дэджэж – къызэрашэрэ куэд мыщІа нысащІэм е малъхъэр зэрагъуэтрэ куэд дэмыкІамэ, щІэм и лъэныкъуэкІэ гуауэ къэхъумэ, етІуанэу тезыгъазэм
Гуащэтебжэ – пэлъху къызыхуэхъуа унагъуэм ис цІыхубз нэхъыжьыр, псалъэм папщІэ, анэшхуэр, гуащэм деж хуэфащэ Іыхьэ тын игъэхьэзырти, къахуэхъуа сабийм цІэ фІищыну, къехъуэхъуну лъаІуэу кІуэрт. Махуищ пІалъэ къезыт гуащэм сабийм цІэ иритт икІи къехъуэхъурт. А хъуэхъубзэ зэкІэлъыкІуэм зэреджэри гуащэтебжэт.
Гуэнгуэш – гъэтІылъыгъэншэ мыхъу, сытри зыщагъуэт, уелъэІукІэ укъэзымыгъэщІэхъу бзылъхугъэ. Псалъэр Щоджэнхьэблэхэм къахьыжащ.
ЗэщІэзэблэ – лІэужь зыбжанэм зэпыщІауэ щатепсэлъыхькІэ, зэуэ къызэрызэдрагъэубыд псалъэ.
КъигъэпщыкІутІыкІын – пшынэ Іэпэхэм ириджэу фІэкІа умыщІэну пшынэ Іэзэу еуэм щхьэкІэ, кърегъэпщыкІутІыкІ, жаІэ.
ЛэупІэжь – плъыр пашэ, плъыракІуэ нэхъыжь.
Наныщ – сабийр зыгъэпскІ, хъыдан жэрумэм кІуэцІызылъхьэ.
Сыкъыу къэфэн – щIалэм и къэфэкIэ-къещIэкIэм теухуа псалъэщ; и пкъыр мыхъейуэ, и Iэр и лъэм техуэу щIэзыдз щIалэ къафэм щхьэкIэ “сыкъ жиIэу зэфIэту къофэ”, жаIэ.
Тхьэвгъажэ – хупхъэм и лъэныкъуитIымкIэ иІэ убыдыпIэ.
ТхьэгъушцIацIэ – тхьэкIумэр Iууэрэ къыщыIуиудыж меданым зы тэлайкIэ ву макъ зэхэпхым щхьэкIэ жаIэ. Ар мелыІычым и гуфІэ макъыу ялъытэрт. “Уэ мыр зи тхьэгъушцIацIэ, зэхэтхынум и фIыр, тлъэгъунум и щIагъуэр ди нэгу щIэгъэкI” жаIэурэ нанэхэр тхьэ елъэIуу щытащ.
ТІэкІурэкІу – Іэгъуэблагъэ, Іэхэлъахэ, Іэшэлъашэ.
Уэлымэ – шым и лъакъуэм къеуалIэ узыфэ лIэужьыгъуэщ. Уэлмэ жызыIи щыIэщ.
Фияпщэ – хьэндрэфийм Iэзэу епщэу, макъамэр дахэу къизыгъэкIыфым фияпщэкIэ йоджэ. “Пщым и шыхэпщыр жыпIэн, пщым и фияпщэр жыпIэн”, жаIэ, дэIэпыкъуэгъу куэд, IуэхутхьэбзащIэ куэд зиIэм щхьэкIэ.
Фыткъэ – жыгым зэреIэзэ Iэмалщ. Вэнвей цIынэкIэ жыгым гуэмыщIыкIыпауэ пыт къудамэр гуагъэкIэжын щхьэкIэ, пкъымрэ къудамэмрэ зэкIэрашхэжырт. Ар гъупцIэжа нэужь, жыг пхъафэр тримыщIэжу тыкъырыкъыщхьэу къонэр, фыткъэ жыхуаIэри аращ.
Хьэгуэс имыІэн – зэгъунэгъуитІым я унапІэр зэгъэкъуауэ, дэх зыри имыІэу зэгуэту щытмэ, хьэгуэс имыІэу зэкІэщІэтщ, жаІэ.
ХьэкIэс – зэпымыуж хьэкІэ кIыхь. “ХьэкIэсыр къысщыхьащи, псыкIи схутемых”, жыІэкІэр щыІэщ.
Хьэндэт // хьэгудэт – и Iуэхуи и дэлъу щымыIэу гуауэ е гуфIэгъуэ зиIэ унагъуэм деж кIуэм щхьэкIэ аращ жаIэр.
Хьэтрэш – цIыху псапащІэ.
ШэщIыдэ – и тхьэмпэхэм трамэ теплъэ яIэу, и гъагъэхэм шакъафэ къыщIыхьэу дыгъафIэ лъагапIэхэм къыщыкI удз лIэужьыгъуэщ. “Зи тхыпхъэ гъагъэхэр шэщIыдэ, дэшхуейм и быдэхэр зи пхъэвакъэ”, жеІэ уэрэдым. “ШэщIыдэ” псалъэр Тыркум ит Iузнейлэ щІыналъэм щыпсэу адыгэхэм нобэми зэрахьэ.
Щоджэн дамыгъэ телъщ – ІэщІагъэм теІэзэщІыхьыжын хуэмейуэ зыхуей хуэзэу зэгъэпэщамэ, жыІэгъуэр ирахьэлІэ.
Щхьэл баш – мывэ щхьэл, щхьэл гуэн, щхьэл кхъуафэ хуэдэхэм къуихьа // ирихьа хьэжыгъэр къызэрыдахыж баш папцIэ.
Щхьэлкъуэт – щхьэлым щызэрахьэ Iэмэпсымэхэр щахъумэ гъэтIылъыпIэ, щхьэлым и зы къуагъ гуэрым зэрыкъуэтым къытекIа псалъэщ.
Щыпашэ – джэгу хабзэхэм щыщ Іыхьэщ, Бешкъэзакъхьэблэхэм къахьыжа псалъэщ. Унэ ирашэ нысащIэр нэхъыжьхэм зэуэ и пащхьэ ирамышэу унэ къызэрихьэрэ куэд мыщIа хьэблэ нысащIэхэм ящыщ зы нэрыбгэ ипэ ирагъэувэрт, “щыпашэкIэ” зэджэри арат.
Щэмыхь – хьэ лъэпкъыгъуэщ, къуажэм щыттхыжа IуэрыIуатэхэм къыхэхуэу дрихьэлIауэ аращ, зыхуэдэр тхузэхэгъэкІакъым.
Іубдзэ – ІункІыбзэ къэбым ирагъапкІэ ІункІыбзэкъум иІэ лэдэх цІыкІум апхуэдэу йоджэ. ГъэщІэгъуэнращи, мы псалъэр къэбэрдей хьэжрэтхэми беслъэнейхэм зэрахьэ.
«Адыгэ псалъэ» газетым и щIэныгъэ обозреватель.
ТАБЫЩ Мурат,
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2873.txt"
} |
Къарэнашэ Залинэ: ГъащIэм езым дохутыр IэщIагъэм сыхуишащ
Зыпэрыт IэнатIэм щиIэ жэуаплыныгъэр нэсу зыхэзыщIэ, дохутыр IэщIагъэр хуэфащэ дыдэу къыхэзыха бзылъхугъэ зэкIужщ Бахъсэн район сымаджэщым неврологиемкIэ и къудамэм и унафэщI Къарэнашэ Залинэ. Зеикъуэ дэт курыт школ №3-р къиухри, 1995 гъэм ар щэтIысхьащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и медицинэ факультетым. ИужькIэ и щIэныгъэм хигъахъуэу интернатурэр щрихьэкIащ Республикэ клиникэ сымаджэщым, ординатурэр - Урысей къэрал медицинэ университетым. Лэжьэн щыщIидзащ Налшык къалэ дэт Медицинэ чэнджэщ щрат поликлиникэм, адэкIэ Бахъсэн район сымаджэщым и неврологие къудамэм уващ, 2009 гъэ лъандэрэ а IэнатIэм и унафэщIщ.
- Дохутыр сыхъуну фIэкIа нэгъуэщI IэщIагъэ гуэр сиIэну зэи си нэгу къысхущIэгъэхьакъым, - жеIэ Къарэнашэм. - Ди унагъуэр медицинэм пыщIат. Си адэ шыпхъу нэхъыжьыр хирургыу лэжьащ Абы къыкIэлъыкIуэр фармацевтщ, ещанэр терапевтщ. Си адэшхуэм и къуэшым дохутыру дзэм къулыкъу щищIащ. СызэрыцIыкIурэ дохутыр хъыбар зыхэсхыу сыкъэхъуащ. Сымаджэхэр ди унэм къакIуэурэ зрагъэIэзэт, ахэр хъужауэ, гуфIэу фIыщIэ ящIу щыслъагъукIэ а IэщIагъэм хуэдэ щымыIэу къысщыхъурт. Мис апхуэдэу гъащIэм езым дохутыр IэщIагъэм сыхуишащ.
- Медицинэм и унэтIыныгъэхэм неврологиер къахэбгъэщхьэхукIащ. Ар къыщIыхэпхам сыт и щхьэусыгъуэр?
- Неврологиер – ар псантхуэм и зыхэлъыкIэр зыдж, абы епха узыфхэр къэзыхутэ медико-биологие щIэныгъэ зэмылIэужьыгъуэу зыхэлъ унэтIыныгъэщ. Адрейхэм къащхьэщыкIыу неврологием узыр зыхуэдэр щыуагъэншэу нэхъ къыпхуохутэ. Щхьэ куцIым и зы Iыхьэ цIыкIу къэс Iэпкълъэпкъым и зыхэлъыкIэхэм ящыщ гуэрым епхащ, абы и лэжьэкIэмкIэ «жэуап ихьу». Мис ар сфIэгъэщIэгъуэн хъуати, нэхъ куууэ абы зыщызгъэгъуазэну сыхуейт.
- ПсынщIэу зызыхъуэж зэманым унэтIыныгъэ псоми зэхъуэкIыныгъэхэр хелъхьэ. Абы улъэщIыхьэн щхьэкIэ сытым дежи уи щIэныгъэм хэбгъэхъуэн хуейщ. Уэ сыт хуэдэ Iэмалхэр къэбгъэсэбэпрэ?
- КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэми КъБКъУ-м и медицинэ факультетми щIэх-щIэхыурэ лекцэхэр, конференцхэр къызэрагъэпэщурэ унэтIыныгъэм щIэуэ къыхыхьэхэм дыщагъэгъуазэ. Апхуэдэ зэхыхьэхэм хэтщ Урысейм и къалэшхуэхэм къикIа IэщIагъэлI пажэхэр, абы къыхэкIыуи лэжьыгъэ и пIалъэкIэ дызэхъуэжэнымкIэ ахэр Iэмал хъарзынэщ. КъищынэмыщIауэ, медицинэ журналхэм соджэ, интернетми куэд къыщызощIэ.
- Уи лэжьыгъэм ифIымрэ и Iеймрэ зэбгъапщэмэ…
- Зы Iуэхуи упэрытыфынукъым фIыр нэхъыбэу хыумылъагъуэмэ. Ди лэжьыгъэр къапщтэмэ, узым щхьэжагъуэ ищIауэ къыдэкIуэлIар, хъужарэ и нэгум гуфIэр къищу щытлъагъукIэ, сымаджэм и фIыщIэ псалъэр щызэхэтхкIэ абы къыдит гухэхъуэр къыпхуэмыIуэтэнщ. Мис апхуэдэхэм деж IэщIагъэм Iейуэ хэлъри гугъуехьу пыщIари, ахэр мымащIэми, зэуэ пщогъупщэж. Зы дохутыри щыIэкъым и сымаджэр хъужауэ илъагъуну хумейуэ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абы и Iэзагъым и пщалъэ нэхъыщхьэу къалъытэр аращ.
- Дохутыр IэщIагъэр къыхэзыххэм сыт хуэдэ чэнджэщкIэ захуэбгъэзэнт?
- Псом япэрауэ, щIэныгъэ тэмэм зрагъэгъуэтын хуейщ. Сытым дежи я Iэзагъэм зэрыхагъэхъуэным хущIэкъупхъэщ. ИщIэм арэзы техъуэжу тIысыж дохутырым а IэнатIэм сэбэпынагъ гуэри къыщихьынукъым. Зыщагъэгъупщэ хъунукъым дохутыр IэщIагъэр цIыху гъащIэр къегъэлыным зэрепхар. Апхуэдэуи гущIэгъу иIэу, гуапагъэ хэлъу щытын хуейщ. Ар сымаджэм зэрепсалъэм, абы къыхуищI дзыхьым куэд елъытащ. «Дохутырым и псалъэ къудейри хущхъуэщ» зэрыжаIэм мыхьэнэ иIэщ. КъищынэмыщIауэ, тегушухуэныгъэ хэлъыпхъэщ, и щIэныгъэмрэ и Iэзагъэмрэ и чэзум къигъэсэбэпыфын хуэдэу. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, а дакъикъэм къапщтэ унафэм елъытауэ цIыху гъащIэр къыщыпхуегъэлын щытыкIэ къыпхуихуэнкIэ хъунущ. Аращи, IэщIагъыр фIыуэ егупсысауэ къыхэхын хуейщ.
- Залинэ, уи бынхэр уи лъагъуэм ирикIуэжыну жаIэмэ, тебгъэгушхуэну?
- Абы пылъ жэуаплыныгъэр, гугъуехьыр зыхуэдэм фIыуэ сызэрыщыгъуазэм къыхэкIыу нэхъ лэжьыгъэ тынш яIамэ нэхъ къэсщтэнут. АрщхьэкIэ дохутыр хъуну гупыж ящIмэ, яIэпыщIэзудынукъым икIи а IэщIагъэм зэрехъулIэнум теухуауэ сэ схузэфIэкIымкIэ дэIэпыкъуэгъу сахуэхъунущ. Нэхъыщхьэращи, IэщIагъэм къахуигъэув къалэныр зыхуэдэр нэсу къагурыIуэу къыхахын хуейщ. Зэрыхъунур зэманым къигъэлъэгъуэнщ.
- Уэ узэреплъымкIэ, республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэр нобэ сыт хуэдэ щытыкIэм ит?
- Зыужьыныгъэ, ехъулIэныгъэ Iэджи иIэщ. Псалъэм папщIэ, нэхъапэм республикэм компьютер томографу зы закъуэ иIэу щытамэ, иджыпсту ахэр куэд хъуащ. Район сымаджэщхэри а IэмэпсымэмкIэ къызэрагъэпэщыфатэмэ, хъарзынэт. ФIагъ лъагэ зиIэ медицинэ технологиехэр жыджэру IэнатIэм къыщагъэсэбэп хъуащ. Си унэтIыныгъэм тегъэщIауэ жыпIэмэ, Лъынтхуэ узыфэхэм щеIэзэ республикэ центрыр къызэрызэIуахам, Кардиоцентрым и лэжьыгъэм зэрызиужьар икъукIэ узыщыгуфIыкIынщ. НэгъуэщI Iуэхугъуэ куэди щокIуэкI ди щIыпIэм. АдэкIи догугъэ республикэм и медицинэ IуэхущIапIэхэм я мылъку-техникэ лъабжьэр ирагъэфIэкIуэну.
Епсэлъар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2874.txt"
} |
Ди щIалэхэм я текIуэныгъэ
Ярославль дэт «Вознесенский» спорт комплексым щекIуэкIащ алыдж-урым бэнэкIэмкIэ «А» класс зиIэ VIII урысейпсо зэхьэзэхуэ. Зэпеуэр фэеплъ хуащIащ УФСБ-м и щIыналъэ оперативно-антитеррор гупым и командир Лататуев Владимир.
Зэхьэзэхуэм и саугъэтхэм, Урысейпсо зэхьэзэхуэм хэтынымрэ спортым и мастерым и цIэр къыфIащынымрэ, щIэбэнащ къэралым и щIыналъэ 29-м щыщ спортсмен 350-м щIигъу.
Килограмм 97-м нэблагъэ зи хьэлъагъхэм я гупым щригъэкIуэкIа зэIущIэхэм шэч къызытумыхьэн текIуэныгъэ къыщихьри дыщэ медалыр зыIэригъэхьащ Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам хэт Шыбзыхъуэ Къантемыр.
НыбжьыщIэхэм я деж домбеякъ медалхэр къыщахьащ Хьэжрокъуэ Умаррэ (кг 60-м нэблагъэ) Бекъул Муратрэ (кг 71-м нэблагъэ).
МЭЗКУУ Къан.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2875.txt"
} |
ДжэгукIэм хуэмыфащэ бжыгъэ
Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым щекIуэкI зэхьэзэхуэм хыхьэу щэкIуэгъуэм и 5-м «Спартак-Налшыкым» къригъэблэгъащ «ТIуапсы»-р.
Хьэрхуэрэгъухэм зэпэщIэтыныгъэ гуащIэкIэ зэIущIэр къыщIадзащ. Джэгур напIэзыцпIэм зы лъэныкъуэмкIэ къикIыурэ адрейм къыщыхутэрт. ПсынщIэу бжыгъэр къызэIуихыу тепщэныгъэр иубыдыну дэтхэнэри хущIэкъурт. Апхуэдэ Iэмал япэу къызыхуихуар хэгъэрейхэрщ. Еханэ дакъикъэр екIуэкIыу Хьэшыр Алан къыхита топыр штрафнойм ит КIэдыкIуей Хьэким къыIэрыхьащ. Иужьыр лъэщу зэуа топыр хьэщIэхэм я гъуащхьэтетым къищтащ.
ЗэIущIэм зэрыщIидзэрэ дакъикъипщI нэхъ ди щIалэхэм къыхата угловойм «Спартак-Налшыкыр» япэ иригъэщыфыну щытащ. Штрафнойм иту топыр къызыIэрыхьа Ольмезовыр лъэщу гъуэмкIэ еуащ. Гъуащхьэтетым IэщIэкIа топыр гъуэм дэт «ТIуапсы»-м и футболистхэм ящыщ зым и лъакъуэм техуэри къигъэлъеижащ.
Сытми ди щIалэхэхэм я ебгъэрыкIуэныгъэ зэпымыум ехъулIэныгъэ къахуихьащ. ЕпщыкIущанэ дакъикъэр екIуэкIыу налшыкдэсхэм я къыкIэлъыкIуэ ебгъэрыкIуэныгъэм хэту ди щIалэхэр зэуа топыр тIуапсыдэсхэм я гъуащхьэтетым и пащхьэм деж къыщригъэгъэзащ. Абы япэу нэсу кIэлъеуэжа Хьэшыр Алан и командэр япэ иригъэщащ - 1:0.
«Спартак-Налшыкым» нэхъри жыджэрагъ къыхилъхьащ псынщIэу бжыгъэр къызэрызэIуихам – зэпыу имыIэу хьэщIэхэм я гъуэм ар ебгъэрыкIуэрт. Абыхэм ящыщ зым топыр зыIыгъыу япэ иту жэ ди щIалэхэм ящыщ зым лъэщIэмыхьэ Деметрадзе хабзэр къызэпиуду фIэкIа ебгъэрыкIуэр къыхуэгъэувыIакъым. Арати, хьэщIэхэм я гъуащхьэхъумэр джэгум къыхахуащ.
Иджы нэхъ мащIэу къызэрынам щхьэкIэ хьэщIэхэм я къалэн нэхъыщхэьэр я гъуэр яхъумэжынырт. Джэгур псори щекIуэкIыр абыхэм я лъэныкъуэрат. Щхьэзакъуэ тепщэныгъэр къызыIэрыхьа налшыкдэсхэр зэрыкомандэу я хьэрхуэрэгъухэм я дежкIэ кIуэтат. Ди щIалэхэм апхуэдиз Iэмал къахукъуэкIати, япэ дакъикъэ тIощIым 5:0-у япэ ищыфын хуейящ.
Я щхьэзакъуэ тепщэныгъэм зи нэр къыщхьэрипхъуа «Спартак-Налшыкым» набдзагубдзаплъагъэр фIэкIуэдащ. Ар псынщIэ дыдэу къагъэсэбэпащ хьэщIэхэм. «ТIуапсы»-м къызэригъэпэща контратакэ псынщIэм хэту топыр къыIэрыхьащ Еркиным. Налшыкдэсхэм я штрафнойм имыхьэ щIыкIэ ар лъэщу зэуа топым ди гъуащхьэтет Къардэн Имран хуэхьэзыртэкъым – 1:1.
Хэгъэрейхэм щытыкIэр зэпщIэзэрытт ящIыжащ бжыгъэр зэхуэдэ хъужа нэужь. Дакъикъэ зыбжанэ нэхъ дэмыкIыу Хьэшырым IэмалыфI дыдэ къыхукъуэкIат, арщхьэкIэ ар зэуа топыр хьэщIэхэм я гъуащхьэтетым угловойм игъэкIуащ. Япэ Iыхьэр имыух щIыкIэ «Спартак-Налшыкым» бжыгъэр игъэбэгъуэну иджыри Iэмал куэд иIащ, арщхьэкIэ дэтхэнэ зы топри гъуэм зымащIэкIэ блэлъэтырт.
Загъэпсэхуу къихьэжа нэужь командэхэм я джэгукIэм зэхъуэкIыныгъэшхуэ игъуэтакъым – хэгъэрейхэр ебгъэрыкIуэрт, хьэщIэхэм захъумэжырт.
Зэман куэд дэмыкIауэ Черткоевыр зэуа топыр гъуэм щхьэпрылъэтащ. Абы къыкIэлъыкIуэу штрафнойм щихьэм ар лъэщу еуащ, аргуэрыр сантиметр бжыгъэкIэ штангэм блэлъэтащ.
А махуэм топ дагъэкIыну Iэмал гъунэж къахукъуэкIащ Ольмезовым, Хьэшырым, Жангуразовым, ауэ дэтхэнэ зыми ар къехъулIакъым. Апхуэдэ щIыкIэкIэ командэхэр зэрытемыгъэкIуауэ, джэгукIэм хуэмыфащэ бжыгъэкIэ зэпэщIэтыныгъэр иухащ.
КъыкIэлъыкIуэ джэгугъуэр «Спартак-Налшыкым» Ставрополь щригъэкIуэкIынущ. ЩэкIуэгъуэм и 13-м ар IущIэнущ абы и «Динамо»-м.
ЖЫЛАСЭ Замир.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2876.txt"
} |
НОБЭ
♦Фашизмэм, расизмэм, лъэпкъхэр зэхэгъэж щIыным япэщIэтыным и дунейпсо махуэщ
♦Радиацэм пэщIэтыным хуэунэтIа акцэхэм я дунейпсо махуэщ
♦Украинэм щагъэлъапIэ я тхыбзэмрэ я бзэмрэ я махуэр
♦Азербайджан Республикэм и лъэпкъ ныпым и махуэщ
♦1911 гъэм урыс IэпщIэлъапщIэ Котельников Глеб и IэдакъэщIэкI парашютыр ягъэунэхуащ икIи а Iэмэпсымэр зэрищIам щыхьэт техъуэ тхылъыр дунейм щыяпэу къратащ.
♦1940 гъэм СССР-м унафэ къыщащтащ курыт школхэм хамэ къэралыбзэхэр щегъэджыным теухуауэ.
♦1989 гъэм Германием и къалащхьэ Берлин илъэс куэдкIэ зэпызыгъэщхьэхукIыу щыта блыныр къутэн щIадзащ.
♦2000 гъэм Урысейм IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм къулыкъу щызыщIэхэм я бжыгъэр цIыху мин 600-кIэ гъэмэщIэным теухуа унафэ къащтащ.
♦1818 гъэм къалъхуащ урыс тхакIуэ цIэрыIуэ Тургенев Иван.
♦1929 гъэм къалъхуащ уэрэд 400-м щIигъу зытха композитор цIэрыIуэ, СССР-м и цIыхубэ артисткэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, СССР-м и Къэрал саугъэтыр тIэунейрэ зыхуагъэфэща Пахмутовэ Александрэ.
♦1940 гъэм къалъхуащ адыгей усакIуэ Хьэлэш Сэфарбий.
♦1941 гъэм къалъхуащ УрыФ-м и цIыхубэ сурэтыщI, КъБР-м щIыхь зиIэ и сурэтыщI, Красноярск дэт художественнэ институтым и профессор, РАХ-мрэ ЩIДАА-мрэ я академик Пащты Герман.
♦1936 гъэм къалъхуащ свет шахматист, дунейм и чемпион Таль Михаил.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 15 - 21-рэ, жэщым градуси 8 - 9 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
ЛIы хьэщIэ нэхъpэ - фыз хьэщIэ.
Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2877.txt"
} |
Хыпс щхъуантIафэр щыIэуэлъауэу
ЩIыуэпс
Перу къэралыгъуэм и къухьэпIэ гъунапкъэхэм хыпс щхъуантIафэр увыIэгъуэ имыIэу щоIэуэлъауэ. Псы Iуфэр гъущэщ, къум нэщIщ, къэкIыгъэкIэ къулейсызщ, псэущхьэкIи къулейкъым. Ауэ хьэуар макъ зэмылIэужьыгъуэ IэджэкIэ гъэнщIащ: гъудэбадзэ бжыгъэншэхэр, къуалэбзу хъушэшхуэхэр щызэрызохьэ. Гумбольт и цIэр зезыхьэ хыпсыр щыблож абдежым. Къэзыухъуреихь псым нэхърэ ар градуси 10-кIэ нэхъ щIыIэщ.
Гъэмахуэм абы къыхуэкIуэу къожэх Эль-Ниньо псы хуабэр. Нэхъыбэм а псыежэхитIыр зэхохуэжри зэхозэрыхьыж. Ауэ къыщыхъу щыIэщ жьыр Гумбольт и псыежэхым щыпэщIэувэ икIи лъэныкъуэкIэ псы Iуфэм щыIуиху. Абы щыгъуэ Эль-Ниньо и пхъэрыр къокIри, псыIур зыIэщIеубыдэ. Арыххэу хьэуар къызэщIоплъэ, ткIуаткIуэ зэхэщIар хуабэ мэхъу. Псы хуабэм, зэрынаIуэщи, кислородыр нэхъ псынщIэу хокIуэсыкI. Абы хэс бдзэжьейхэм, псэущхьэхэм ар къаймэщIэкI зэрыхъуу, щIыпIэ нэхъ зэгъ къалъыхъуэурэ, псы Iуфэм зыIуадзри, йокъури йожьэж. Абыхэм ещакIуэ къуалэбзухэри IуолъэтыкI. Щхьэусыгъуэ гуэркIэ псым къыхэна бдзэжьейхэр, кислородыр зэрахуримыкъум къыхэкIыу, тенджызым хобэмпIыхьри, хы сыджхэм псы Iуфэм къытрадзэж.
… Къум гъунэгъур зэщIэгъэгъащ. Ауэ абы гу щахуэну Перум щыпсэухэм я гугъэр хахыжат: бгыхэм телъ мылджейхэр ткIурт, абыхэм къащIэж псым мывэ абрагъуэхэр кърихьэхырт, къыгуэухэмрэ псыдзэхэмрэ гъуэгухэр зэтракъутэрт, климат гъущэм тещIыхьауэ яухуа псэуалъэхэр зэтещахэрт, апхуэдиз уэтIпсытIыр яхуэмыхьу. ИгъащIэ лъандэрэ къуалэбзухэм зэтралъхьа щIыгъэпшэр бэлыхьыр Iисраф хъужырт. А псомкIи къуаншэр псы хуабэрат. ЩIыуэпсым хэIэбэу зыгуэрхэр щызэзыхъуэкIыну ихъу-илъхэм къажриIэми ярейт а къэхъукъащIэм: «дыкъэзыухъуреихь дунейм Iэ щIыIэкIэ дыхэIэбэн ипэ, абы и щэхухэр куууэ дывгъэдж, и макъым гупсэхуу дыщIэвгъэдэIу, итIанэ къыдгурыIуэнщ ди ЩIы-анэр нэхъ дахэж, беиж хъун щхьэкIэ лэжьыпхъэхэмрэ абыхэм я инагъыр зэрыхъун хуейр зыхуэдизымрэ».
Языныкъуэ щIэныгъэлIхэр яужь итщ ЩIыр зэрыщыту ирагъэфIэкIуэну. Ахэр зэреплъымкIэ, абы щхьэкIэ узыхуейр зы закъуэщ – дунейм и щытыкIэм, нэгъуэщIу жыпIэ, климатым зегъэхъуэжынырщ. Инженер гуэрым къыхилъхьауэ щытащ абы папщIэ ракетэ куэд щIыпхъэу. Ахэр уэгум яIэтынщи, орбитэ («уэрдыхъу гъуэгу») щхьэхуэ зырызым тету, ЩIым и хъуреягъым хьэкъурт теплъэ зиIэ порошок хужь щызэбграпхъынщ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ ЩIым хуащIа «уэрдыхъу» IэрыщIым дыгъэ бзийхэр зыщIишэнурэ, ар лъэныкъуэ псомкIи идзыжынущ. Абы и фIыщIэкIэ жэщхэр махуэкIэ зэхъуэкIа хъунщи, ЩIым хуабэ нэхъыбэ къыIэрыхьэнщ. Абы къыхэкIыуи щIыгум илъэсым къриубыдэу гъавэ 2-3 щыхэпщIэ хъунущ.
Ауэ, Iуэхуракъэ, хуабэм Антарктидэмрэ Арктикэмрэ я мылхэри къурш мылджейхэри игъэткIунущ, игъэжэпхъынущ. Апхуэдизыпс зыхэлъадэ Дунейпсо хыр къиунурэ, тафэхэм къытелъэдэнущ, къэнэнур лъагапIэхэм я закъуэщ. Абыхэм ущыпсэунуи гъавэ щытепщIэнуи тыншкъым. Псым псэ зыIуту хэкIуэдэнумрэ мылъкуу ихьынумрэ зыхуэдизыр гъунапкъэншэщ. Апхуэдэ гупсысэкIэ мыхъумыщIэхэм къулейсызыгъэшхуэхэм ухуашэнкIэ хъунущ…
ТАБЫХЪУ Хьэзрит.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2878.txt"
} |
Дахагъэм и гъуджэ
Дызэрыщыгъуазэщи, Къэбэрдей-Балъкъэрым и щэнхабзэм мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхухэр щекIуэкIащ 1930 гъэхэм. Адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ зэи ямыIауэ къызэрагъэпэщат лъэпкъхэм я щэнхабзэ къулеигъэхэм зезыгъэужьыну къэфакIуэ ансамбль лъэщ, макъамэ Iэмэпсымэхэр щIыгъуу.
Нэхъ иужьыIуэкIэ абы Уэрэдымрэ къафэмкIэ ансамбль фIэщIыгъэр иратауэ щытащ. Гупым хэтт къэфакIуэхэр, хор, лъэпкъ макъамэ IэмэпсымэхэмкIэ квартет мыин. Япэ махуэхэм щегъэжьауэ мы ансамблыр я лъэпкъ макъамэхэмрэ къэфэкIэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэм щапхъэ щыхъуат. «Къафэ», «Ислъэмей», «Абдзэх», «Тёгерек-тепсеу», «Удж», нэгъуэщI къэфэкIэ куэди абы игъэзащIэрт. Ансамблым хэт артистхэр хущIэкъурт лъэпкъым и къафэжьхэр зэрахъумэным.
Зэман кIэщIым къриубыдэу къэфакIуэ гупыр республикэм и лэжьакIуэбэм фIыуэ ялъэгъуащ. Артистхэр гугъуехьым щымышынэу, ерыщу лъэпкъ къэфэкIэ зэмылIэужьыгъуэхэм зыхуагъасэрт, жылагъуэ нэхъ пхыдзахэм щагъэлъагъуэ я пшыхьхэр нэхъ щIэщыгъуэ, гукъинэж зэращIыным иужь итхэт.
Ансамблым и зэфIэкI игъэлъэгъуэну хамэ къэрал япэу щыкIуар 1934 гъэрщ. Абы ипэ ансамблым Москва, Ленинград, Киев, Мурманск, Иркутск, Томск, Перм, Свердловск, Омск, Новосибирск, Красноярск, Киров, Улан-Удэ, нэгъуэщI къалэхэми концертхэр щатащ. КъэфакIуэ гупым и япэ артистхэр хуэзауэ щытащ къэралымрэ партымрэ я лэжьакIуэ нэхъыщхьэхэу: Калинин Михаил, Жданов Андрей, уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Утесов Леонид, нэгъуэщIхэми.
Концерт къэсыху гупым и зэфIэкIым хэхъуэ зэпыту екIуэкIащ. Ар я фIыгъэщ актер гъуэзэджэхэу Атэлыкъ Аслъэнджэрий, Болэ Мурат, Дыкъуэ Заудин, Исаковэ Галинэ, Къэбэрдокъуэ Тамарэ, Къэнэмэт Марие, Къумыкъу Зухра, Кумыщ Нану, Лэкъун Жанусэ, Рахаев Екъуб, Ульбашев Мутай, Хъан (Гегиевэ) Женэ, Шаваев Берман, Этезовэ Сакинат, Къашыргъэ КIурацэ (пшынэ), Ашуров Танахум (зурнэ), Исаков Арон (бубен), нэгъуэщI куэдхэми.
Хэку зауэшхуэм и зэманым ансамблым и артист куэд Iэщэ къащтэри бийм ерыщу пэщIэтащ. ЩIэрыщIэу ансамблыр гъуэгу щытехьэжар 1943 гъэм и щIышылэрщ. Партым и щIыналъэ комитетым зэпымыууэ и нэIэ тригъэтт къэфакIуэ гупым я Iуэху зэрекIуэкIым.
1957 гъэм ансамблыр Совет щIалэгъуалэм я союзпсо фестивалым, ЩIалэгъуалэмрэ студентхэмрэ я VI дунейпсо фестивалым, Театрхэм, ансамблхэмрэ хорхэмрэ я союзпсо фестивалым лауреат щыхъуащ. Совет лъэхъэнэм и балеринэ цIэрыIуэ Улановэ Галинэ ЩIалэгъуалэмрэ студентхэмрэ я VI дунейпсо фестивалым (Москва) и къэпщытакIуэ гупым хэту «Къафэр» Къэбэрдей-Балъкъэр къэфакIуэ гупым игъэзащIэу къыщилъэгъуам, «Лъэпкъ гъуазджэм «Къафэм» нэхъ дахэ иIэу сщIэркъым» - жиIауэ щытащ.
1965 гъэм и гъэмахуэрщ мы ансамблыр къэфакIуэ гуп щащIыжар, «Кабардинка» къыщыфIащар. Гупым и хорыр республикэ радиом иратыжат.
1967 гъэм, Октябрь Социалистическэ революцэр зэриухрэ илъэс 50 щрикъум, Москва зыкъыщагъэлъагъуэрт къэралым и художественнэ гуп нэхъыфI дыдэхэм. Абыхэм яхэтт «Кабардинка»-ри. Кремль театрымрэ Чайковский Петр и цIэр зезыхьэ концерт пэшымрэ щагъэзэщIа лъэпкъ къэфэкIэхэм псори итхьэкъуат. ФIыщIэ, щытхъу псалъэ куэд къэфакIуэ гупым къыщыхужаIат Спортым и унэм щызэхэта «Урысейм и вагъуэхэр» зэхыхьэми.
1968 гъэм, жэпуэгъуэ-дыгъэгъазэ мазэхэм хуэзэу, «Кабардинка»-р Марокко, Алжир, Тунис, Ливие къэралхэм щыIащ. Махуэ 55-кIэ гупым къызэпича гъуэгуанэр купщIафIэт: къалэ 29-м я гулъытэ къихьэхуат, пшыхьу 52-рэ игъэлъэгъуат, цIыху мин бжыгъэхэм закъригъэцIыхуат.
1972 гъэм «Кабардинка»-м зыкъыщигъэлъэгъуащ Австралием, Сингапур, Филиппинхэм.
1974 гъэм мазиплIым щIигъукIэ къэфакIуэ гупыр щыIащ Латинэ Америкэм и къэрал 11-м. Абыхэм радиокIэ, телевиденэкIэ тепсэлъыхьырт, газет цIэрыIуэхэр тетхыхьырт, икIи къыхагъэщырт гупым игъэзащIэ лъэпкъ къэфэкIэхэр зэрыгъэщIэгъуэныщэр, езы щIалэхэмрэ пщащэхэмрэ зэрызэпIэзэрытыр. Куэдым къалъытат «Кабардинка»-р гъуазджэм и фIыпIэу.
«Ла капиталь» аргентинэ газетым (Росарио къалэ) къытридза тхыгъэм, «Кабардинка»-м и дахагъэр гъунапкъэншэщ» зыфIащам, хэтщ: «Ансамблым дигъэлъагъу теплъэгъуэ телъыджэхэм журналистхэр дыкъегъэуIэбжь, абы и теплъэ гъуэзэджэр къызэрытIуэтэну псалъэхэр тхуримыкъу мэхъу».
Колумбием и «Эль тьемно» газетым: «Критикхэмрэ гъуазджэм и цIыху пэрытхэмрэ мы къэфакIуэ гупыр адрейхэм къазэрыщхьэщыкI и ехъулIэныгъэр зыхуахьыр абы IуэрыIуатэр къызэригъэсэбэпырщ, и лъэпкъ къэфэкIэжьхэр зэрихъумэрщ».
«Ла пренса» мексикэ газетым и зы къыдэкIыгъуэм щитхат: «Кабардинка»-р - дахагъэм и дамыгъэщ, абы и артистхэм я теплъэм лъагъуныгъи, хахуагъи, щыпкъагъи хыболъагъуэр».
1977 гъэм Чехословакием, Польшэм, ФРГ-м, Сирием, иужькIэ ГДР-м (1978), Иорданием (1981), Бразилиемрэ ЧССР-мрэ (1983), 1987 гъэм - аргуэру Польшэм, 1988 гъэм - ещанэу Чехословакием концерт щитащ «Кабардинка»-м.
Илъэс куэдкIэ республикэм щэнхабзэмкIэ и министру щыта ди нэхъыжьыфI Ефэнды Джылахъстэн итхат: «1983 гъэм мэлыжьыхьым и кIэхэм ансамблыр ежьащ Бразилием кIуэну. Футбол спорт лIэужьыгъуэр щытепщэ къэралым махуэ 47-кIэ щыIащ, и утыку нэхъ ин дыдэхэм пшыхь 37-рэ щитащ. Гухэхъуэ инрэ гукъыдэж мыухыжкIэ Бразилием щыпсэухэр игъэнщIат, щытхъурэ фIыщIэрэ къыхуащIу. «Хьэлэмэтыщэщ мыр!», - къыжриIат Бразилием и сенатым и унафэщI Коэло Нило Урысейм и лIыкIуэм гупым и концертыр япэу щигъэлъэгъуам.
Сыт хуэдэ щIыпIэ щыIами, ансамблым дэнэкIи Iэгуауэшхуэхэр къыщыхуаIэтащ. Къыхэгъэщыпхъэщ, Совет Союзымрэ адрей къэралхэмрэ я щэнхабзэр зэпыщIэнми гупым и гуащIэшхуэ зэрыхилъхьар.
«Кабардинка» Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал академическэ ансамблыр щызэфIэува лъэхъэнэр ди щIыналъэм и тхыдэм щыщ зы IыхьэфIщ.
Ансамблым утыку къришащ къэфакIуэ пщIы бжыгъэхэр, абыхэм ящыщ куэдым къыхуагъэфэщащ РСФСР-м, КъБАССР-м я цIыхубэ, щIыхь зиIэ я артист цIэ лъапIэхэр, къратащ СССР-м и медалхэр, орденхэр, щIыхь, фIыщIэ тхылъ бжыгъэншэхэр.
АЩХЪУЭТ Раисэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2879.txt"
} |
Бурятием къыщыхожаныкI
Тхэквондо
Улан-Удэ щекIуэкIащ Урысей Федерацэм тхэквондомкIэ цIыхухъухэмрэ цIыхубзхэмрэ я чемпионатрэ зэхьэзэхуэрэ. Абы хъарзынэу зыкъыщагъэлъэгъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым икIахэм.
Зэпеуэм хэтащ къэралым и щIыпIэ псоми щыщ спортсмен 700-м нэблагъэ. Я ныбжьрэ хьэлъагъкIэ гуэшауэ ахэр зэхьэзэхуащ.
Дыжьын медалхэр зыIэрагъэхьащ ди лъахэгъухэу Хубуловэ Анжелэрэ (килограмм 50-м нэс зи хьэлъагъхэм я деж) Къэшэж Къантемыррэ (килограмм 45-м нэс). Ахэр къыщыхэжаныкIащ ныбжьыщIэхэм я зэпеуэм. Мыхэр я гъэсэнщ тренер цIэрыIуэхэу Кан Юрэрэ Ил Ри Кьенрэ.
КЪАУДЫГЪУ Заур.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "288.txt"
} |
ПщыхьэщIэ Симэ: бзэр ямыщIэж щхьэкIэ, адыгэн къанэркъым
Ди хьэщIэщым
Хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэмрэ дэрэ нэхъ гъунэгъу дызэхуэзыщIхэм ящыщщ хэхэсхэмрэ хэкурысхэмрэ зэрызэкIэлъыкIуэр, благъэ зэрызэхуэхъур. Джэрмэншык щыщ ПщыхьэщIэ Симэ Иорданием щыпсэу Ансыкъуэхэ я щIалэ илъэс 25-рэ и пэкIэ дэкIуауэ Амман щопсэу. Зы щIалэрэ зы хъыджэбзрэ яIэщ - Ахьмэдрэ Симазэрэ.
Симэ адыгэгу зыкIуэцIылъ, адыгэ Iуэхум жыджэру хэлэжьыхь бзылъхугъэ щыпкъэщ. Амман зэрыкIуэрэ абы щыIэ Хасэхэм щекIуэкI лэжьыгъэм и гуащIэ хелъхьэ, къыдэкIуэтей щIэблэр адыгагъэм хуэгъэсэным, адыгэбзэр егъэщIэным иужь итщ. Иджыпстуи Иорданием щыIэ Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и зы къудамэм щолажьэ, абы къекIуалIэхэм адыгэбзэр ярегъэдж.
- Ди Хасэм и тхьэмадэр Хьэтх Иналщ, - жеIэ Симэ. – Абы Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэр къегъэсэбэп, Iуэху дахэ куэди кърехьэжьэ хэхэс адыгэхэм я бзэр яIэщIэмыхужыным, къызыхэкIар ящIэжу щIэблэр къыдэкIуэтеиным теухуауэ. КъищынэмыщIауэ, «Бгырыс бынхэр» зыфIища сабий ансамбль диIэщ, сыт хуэдэ утыкуми дахэу ихьэфрэ адыгэ щэнхабзэр екIуу ягъэлъэгъуэфу. Инал и жэрдэмкIэ, си лэжьэгъу Хъуажь Лейлэрэ сэрэ адыгэбзэмкIэ дерсхэр къызэдгъэпэщащ. Фэ зэрыфщIэщи, курыт школым кIуэ сабийхэмрэ лэжьапIэ IэнатIэм пэрыт балигъхэмрэ анэдэлъхубзэ грамматикэр зыхуей хуэзэу, зэман текIуадэу зрагъэщIэныр къохьэлъэкI. Абы ипкъ иткIэ, гъэкIэщIауэ, зэрызэпсэлъэн, тхылъ къызэреджэн бзэр ядгъэщIэн папщIэ дэ езым методикэ зэхэтлъхьэжащ.
- Методикэр зыхуэдэм укъытхутепсэлъыхьамэ, ди гуапэт.
- Пащтыхьыкъуэ Хьэмзэ и цIэр зезыхьэ школым езым и программэмкIэ щезгъэджащ, итIанэ унэм къакIуэурэ адыгэбзэр зэзгъэщIаи щыIэщ. А лэжьыгъэм щызэзгъэгъуэта пIалъэм сэ къыхэсхащ, хасэм къекIуалIэхэр зыхуеймрэ нэхъ тыншу бзэр къызэращтэнумрэ. Абы ипкъ иткIэ, иджы сыздэщыIэ Хасэм сабийхэри балигъхэри зэрыщезгъэджэну Iэмалыр субзыхуу аращ. Иорданием щыпсэу, анэдэлъхубзэр зымыщIэ, зэман куэд зимыIэ адыгэхэм дерсхэр нэхъ тыншыху нэхъ къащтэ, аращи, сыхьэт бжыгъэ мащIэм къриубыдэу бзэр ядгъэщIэну дыхущIэкъуу аращ.
Сабийхэмрэ балигъхэмрэ щхьэхуэу едгъэджэнущ. Сабийхэм яйр джэгукIэм нэхъ хуэгъэкIуауэ, нэхъ кIэщIу, тыншу щытынущ. Балигъхэм я дерсхэр нэхъ купщIафIэу зэхэлъынущ.
- Симэ, илъэс 25-кIэ хэхэс адыгэхэмрэ хьэрыпхэмрэ яхэса уэ, дауэ уеплърэ абыхэм я зэхущытыкIэм, Иорданием ди лъэпкъэгъухэм щаIэ пщIэм, ахэр а къэралым къызэрыщызэтенам?
- Бзэр фIыуэ ямыщIэж щхьэкIэ, адыгэн къанэркъым абы щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр. Сэ сащыхыхьам згъэщIэгъуауэ щытащ адыгэ шхыныгъуэхэр япщэфIу, адыгэ джэгухэр зэхашэу, адыгэм къигъэсэбэпу щыта, я адэжьхэм къащIэна хьэпшыпхэр я унэ щахъумэу зэрыщытыр. Сэ си щхьэгъусэр мыбы къэкIуауэ дызэрыцIыхуауэ арат. ЩIыпIэр зэрыжыжьэр къызэхьэлъэкIами, адыгэхэм сазэрыхыхьам псори сщигъэгъупщэжащ. КъищынэмыщIауэ, сэ схуэдэ адыгэ нысэ куэд щопсэу абы.
Адыгэ унагъуэхэм япхъухэр хьэрып щIалэ зэрырамытыным, хамэ лъэпкъ щыщ нысэ къызэрамышэным иужь итхэщ. Арагъэнщ ахэр нэхъыбэу къызэтезыгъэнар. Пэжщ, бзэр нэхъ яIэщIэхуащ, ауэ хабзэм, щэнхабзэм, тхыдэм, шхыныгъуэхэм ехьэлIауэ ящIэу щыта лъэпкъ ягъэкIуэдакъым.
Хьэрыпхэм пщIэшхуэ къыхуащI адыгэхэм. Уеблэмэ, апхуэдизкIэ яфIэкъабзэлъабзэщ, яфIэцIыху хъарзынэщи, я щIалэхэм адыгэ яшэныр, я пщащэхэр къадэкIуэныр я гуапэщ. Дэнэ къэрал ущыпсэуми, узыхэсхэм задебгъэкIун хуейщ, шыIэныгъэ пхэлъу, къэрал хабзэр плъытэу. Апхуэдэу зэрыщытрагъэнщ адыгэр фIыуэ къыщIалъагъури.
- Уэ сэ укъызэрысцIыхуар журналист IэщIагъэм упэрытущ. «Нарт-TV»-м, адыгэ радиом ущылэжьащ.
- Дахэу къежьат «Нарт-TV» телевиденэр, дунейр зэщIэлъигъэIэсат. Нэгъуей Нартт ар япэу къызэIузыхар. Ауэ абы щылэжьэн, зи IэщIагъэм фIыуэ хэзыщIыкI унафэщI, лэжьакIуэ зэрыщымыIэм къыхэкIыу, махэ хъуащ. Мыхьэнэшхуэ иIащ абы: хэхэс адыгэхэм я гъащIэр къэдгъэлъагъуэрт, абыхэм къахуэсэбэпын нэтынхэр хэкумкIэ итхырти, цIыхубэм я пащхьэ къитхьэрт.
Амман адыгэбзэкIэ псалъэ радиом махуэм зы сыхьэт къэралым хухихауэ, адыгэбзэкIэ къыщопсалъэ, е хьэрыпыбзэкIэ адыгэ Iуэхум щытопсэлъыхь. Ар, дауи, мащIэщ, ауэ сэбэпынагъышхуэ пылъщ. Радиор щылажьэ сыхьэтым унагъуэм исхэр бгъэдотIысхьэри, Iэмал имыIэу йодаIуэ, машинэ исхэм нэгъуэщI щIыпIэ ямыгъапкIэу ар кърагъауэ. Ар хуабжьу си гуапэ мэхъу.
Дыгъужьокъуэ Мухьэмэд сэрэ дызэдолажьэри, ар - хьэрыпыбзэкIэ, сэ адыгэбзэкIэ дыкъопсалъэ. Адыгэбзэ зыщIэхэм сэ сакъыгуроIуэ, зымыщIэхэм папщIэ Мухьэмэд зэредзэкI. Амман щыпсэу IэщIагъэлI, хьэрычэтыщIэ, ехъулIэныгъэ зыIэрызыгъэхьа, щапхъэ зытехыпхъэ цIыхухэр къедгъэблагъэурэ къыдогъэпсалъэ, адыгэбзэ зыщIэхэр мащIэкъыми, ди бзэмкIэ мэпсалъэ, зымыщIэхэр хьэрыпыбзэкIэ мэпсалъэ. КъищынэмыщIауэ тхыдэм, щэнхабзэм, лъэпкъ хабзэхэм, псэукIэм, литературэм теухуа нэтынхэр догъэхьэзыр.
- Тхьэм уигъэпсэу, Симэ. Уи лэжьыгъэм къыпэкIуэ хъерым ущыгуфIыкIыу куэдрэ тхьэм уигъэлажьэ!
Епсэлъар НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2880.txt"
} |
КХЪУЕЙМ СЫТ ХУЭДИЗ И НЫБЖЬ?
Мы шхыныгъуэ хьэлэмэтыр куэд дыдэ щIауэ цIыхухэм фIыуэ ялъагъу. Ауэ зыми ищIэркъым абы сыт хуэдиз ныбжь иIэми. Ди эрэм и пэкIэ IV лIэщIыгъуэм алыдж еджагъэшхуэ, философ цIэрыIуэ Аристотель иубзыхуауэ щытащ кхъуей зэрыхах щIыкIэр. Ауэ Урысейм ар къыщысар ХIХ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэрщ. Къэгъэлъэгъуэн хуейщ абы и щэхухэр илъэсищэ зыбжанэ хъуауэ адыгэхэм зэращIэр.
МЕЛЫIЫЧХЭМ КЪРАГЪЭЛАТ
Америкэм щыщ еджагъэшхуэ-физик Вуд Роберт, лажьэурэ ешати, мурад ищIат мэзым кIуэуэ тIэкIу зигъэпсэхуну. Мэзым щIэту здэкIуэм, и пхъум и макъ зэхихащ: «Папэ, адэкIэ умыкIуэ, къэувыIэ!» Роберт къэувыIащ, зиплъыхьащ, ауэ къеджар къыхуэгъуэтакъым. Ежьэжри, зы лъэбакъуэ фIэкIа ичатэкъым, метр зыщыплIкIэ нэхъ пэмыжыжьэу щыблэ къыщыуам икIи жыг абрагъуэр щызэгуихам. МелыIычхэм кърагъэлауэ аращ жаIар.
Инджылызым и правительствэм и Iэтащхьэу щыта Черчилль Уинстон куэди къыщыщIырт, куэдми къелащ. Мис абыхэм ящыщ зы. 1941 гъэм и бжьыхьэм зенит батареем и Iуэху зытетыр зригъэлъагъуну абы кIуат. Псори зэфIэкIауэ машинэм къыщитIысхьэжым, и хъумакIуэм машинэм и пэ бжэр премьерым хуIуихащ. «УимытIысхьэ» къыжриIэу зы макъ гуэр зэхихащ абы. ИтIанэ и щIыбагъ бжэмкIэ итIысхьащ. Машинэр ежьэну хунэсатэкъым ипэмкIэ бомбэ къыщыуам. Шоферри премьерым и хъумакIуэри иукIащ, езы Черчилль къелащ.
ДУНЕЙМ И КЪАЛЭ НЭХЪ ДАХЭ ДЫДЭХЭР
Рио-де-Жанейрэ (Бразилие) 1502 гъэм португалхэм ухуэн щIадзащ. Иджыпсту абы цIыху мелуани 10 хуэдиз дэсщ, тенджыз порт, аэропорт инхэр, щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ я центрхэр, дуней псом щынэхъ ин дыдэ стадион щыIэщ. «Мараканья» стадионым цIыху мин 22-рэ йохуэ. Къалэм щыкуэдщ музейхэр, театрхэр, еджапIэхэр, тхыдэм, архитектурэм я фэеплъхэр, тенджыз Iуфэ зыгъэпскIыпIэхэр. Дунейм и щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэми езы Бразилиеми къикIыу махуэ къэс мы къалэм цIыху мелуанищым нэс къокIуэ.
УАСЭР КЪЫЩЕЖЬАР
Пасэрей алыдж тхыдэтх Геродот (ди эрэм и пэкIэ 490 - 425) зэритхыжамкIэ, пасэрей Иллирим (Балканхэм щыIа къэралыгъуэщ) хабзэ гъэщIэгъуэн щекIуэкIырт. Зи дэкIуэгъуэ хъуа хъыджэбзхэр ящэхурт. Абдежым уасэр къыщежьауэ хуагъэфащэ.
ФЭ ФЩIЭРЭ Дыгъэм и радиусыр ЩIым ейм нэхърэ хуэди 109-кIэ, и щхьэфэр ЩIым нэхърэ хуэдэ 1.300.000-кIэ, и хьэлъагъыр - хуэдэ мин 330-кIэ зэрынэхъ иныр? Дыгъэм и хьэлъагъыр абы и хъуреягъыр къэзылъэтыхь планети 9-м я хьэлъагъым нэхърэ хуэдэ 750-кIэ зэрынэхъыбэр? Ар нэхъ тэмэму къыбгурыIуэн щхьэкIэ, мыпхуэдэ щапхъи къэпхь хъунущ. Зы хъарбызышхуэрэ хугу хьэдзэ цIыкIурэ зэбгъэдэплъхьэмэ, сыт хуэдэу зэхуэхъурэ? Апхуэдэщ Дыгъэмрэ ЩIымрэ.
НОБЕЛЬ САУГЪЭТЫР
Япэу ягъэуващ 1901 гъэм. Ар ират щIэныгъэм, щэнхабзэм хэлъхьэныгъэфI хуэзыщIхэм, мамырыгъэр хъумэным къахэжаныкIхэм. А саугъэтыр ят Нобель Альфред щылIа махуэм – дыгъэгъазэм и 10-м. Щатыр Швециерщ. Саугъэтыр къыхокI а фондым иIэ хэхъуэм.
БЖЫГЪЭХЭМ Я БЗЭКIЭ
Тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор Бгъэжьнокъуэ Барэсбий зэритхымкIэ, илъэсищэ Кавказ зауэм адыгэу цIыху мелуанитIым нэс хэкIуэдащ, абы и зэранкIэ я хэкур ябгынащ цIыху мелуаным щIигъум.
КIЭРТIОФЫР КЪЫЗДИКIАР
КIэртIофыр къыщежьауэ къалъытэр Эквадорымрэ Перумрэщ. ХVI и пэхэм а къэкIыгъэ хьэлэмэтыр абыхэм кърашри, Испанием къашащ, итIанэ Европэ псом лъэIэсащ, фIыуэ ялъагъуу, егугъуу ящIэуи щIадзащ. Нэхъ иужьыIуэкIэ Урысейми къэсащ. Ауэ, пэжщ, абы щыгъуэ ди деж къэса кIэртIофымрэ нобэ къэдгъэкIымрэ зэщхьыжкъым, сортыщIэ куэд къагъэхъуащ, нэхъ бэви хъууэ, щIыпIэ нэхъ щIыIэхэри езэгъыу. Иджы кIэртIофыр Урысей Федерацэм и щIыпIэ куэдым фIыуэ щохъу. Ар иджы щIакхъуэ етIуанэуи ябж.
ЩIЫМ И СПУТНИК IЭРЫЩIХЭР
Япэ спутникыр СССР-м 1957 гъэм жэпуэгъуэм и 4-м иутIыпщащ. Спутник IэрыщI нэхъыбэ дыдэ щаутIыпщар «Плесецк» космодромырщ. Абы спутник 1.452-рэ хьэршым ириутIыпщхьащ. ЕтIуанэ увыпIэр абыкIэ зыIыгъыр Байконурщ - 1.031-рэ, ещанэр - Канавералщ (США) – 590-рэ.
ТХЬЭГУРЫМАГЪУЭ УЭЛЛС
къигупсыса и романхэм къыщигъэлъэгъуат: 1889 гъэм Iэщэ папщIэу лазер къызэрагупсысынур, 1899 гъэм видеомагнитофон зэрызэпкъралъхьэнур, 1901 гъэм автомобилхэр уэрамхэм дэмыхуэж зэрыхъунур, 1903 гъэм зауэхэм танкхэр куэду къыщагъэсэбэпу зэрыхуежьэнур, 1914 гъэм атомнэ Iэщэ шынагъуэр къызэрагупсысынур.
Инджылыз тхакIуэшхуэ Уэллс Герберт и тхыгъэхэм къыщигъэлъэгъуахэм я процент 80-р къэхъуакIэщ е къохъу.
НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2881.txt"
} |
Зевс, Ахилл, Сосрыкъуэ, Бэдынокъуэ сымэ ягъуэта гъэсэныгъэр зэрызэщхьыр
Пасэрей алыджхэмрэ адыгэхэмрэ ныбжьыщIэхэр ягъасэу зэрыщыта щIыкIэм зэбгъапщэ хъуну куэд хэлъщ. Къапщтэмэ, Спартэм щIэблэхэр зэрыщагъасэу щытамрэ адыгэхэм къадекIуэкIа хабзэхэмрэ еджагъэшхуэхэм зэщхь куэд халъагъуэ.
Спартэр къызэзыгъэпэщахэм ящыщ Ликург (ди эрэм ипэкIэ IX-VIII лIэщIыгъуэхэм) Азие ЦIыкIум щыIащ икIи хьэтхэм, кашкэхэм я псэукIэр зыхуэдэр зригъэщIащ. Спартэм игъэзэжа иужькIэ, къэралыгъуэмрэ щIалэгъуалэр гъэсэнымрэ зытетын хуей хабзэхэр Ликург къыхилъхьащ. Езыр ящыщт Спартэм Iэпхъуа дорийхэм. Япэрейхэм хуэдэу, ахэри зауэлI нэсу щытащ. Абы къыхэкIыу я гъэсэныгъэр къанэ щымыIэу зытещIыхьар зауэ Iуэхурт.
Апхуэдэ щытыкIэм итащ адыгэ лIакъуэлIэшхэри. Абыхэми я бынхэр зыхуагъасэр зэуэнырт. Ликург етх ныбжьыщIэхэр хахуэу, шыщхьэмыгъазэу ягъэсэн папщIэ щIэн хуейхэр. ЩIалэ цIыкIухэр пасэу хуапсыхьырт щIыIэми, хуабэми, мэжэщIалIагъэми, нэгъуэщI гугъуехьхэми. Ахэр дыгъуэным, езыхэм ерыскъы къагъуэтыжыфыным хуагъасэрт. Я ныбжьыр илъэс 12 ирикъуа иужькIэ абыхэм илъэс псом ящыгъыну иратыр зы джанэ закъуэт. ЛъапцIэу икIи пцIанэу къакIухьын хуей хъурт. Нэхъыжьхэр щысу нэхъыщIэхэр псэлъэну хуиттэкъым. ЩеупщIкIэ жэуапыр кIэщIу икIи гъэхуауэ иратын хуейт. Щысабийм къыщыщIэдзауэ щIалэ цIыкIухэр Iэщэ лIэужьыгъуэ псоми хуагъасэрт.
А псоми дигу къагъэкIыж Адыгэ Хабзэм гъэсэныгъэм теухуауэ къигъэувхэр. Адыгэ лIакъуэлIэшхэм езыхэм я бынхэр япIыну хамэ унагъуэхэм иратын хуейт. Алыджхэми шэрджэсхэми сабийхэр езыхэм я унэхэм щапIу зэрыщымытам щыхьэт тохъуэ абыхэм къадекIуэкI хъыбархэр.
Дигу къэдгъэкIыжынти, Зевс, Ахилл, Адонис, Гефест, Дионис, Ясон сымэ я сабиигъуэр. Адыгэ нарт эпосым щыщ лIыхъужьхэу Сосрыкъуэ, Бэдынокъуэ, Щэуей, Батэрэз сыми, нэгъуэщIхэри апхуэдэ дыдэущ зэрагъэсар. А хабзэр ди деж щызекIуащ ХIХ лIэщIыгъуэр къэсыху.
Спартэм гулъытэшхуэ щыхуащIырт я къарум и мызакъуэу, ныбжьыщIэхэм я акъылми зрагъэужьыным. И ныбжьыр илъэс тIощI ирикъуамэ, щIалэр балигъ хъуауэ ябжырт. Спартэм щыщхэм тхэкIи, еджэкIи, уэрэд зыбжани зрагъэщIэн хуейт. ЩIалэ цIыкIухэр щысхьыншэу ягъэунэхурт.
ЯпэщIыкIэ щIопщкIэ яубэрэжьырт, щэIуну хуимыту. Апхуэдэ дыдэу адыгэхэми ягъасэрт я бынхэр. БалигъыпIэ иува иужь зэхуэсышхуэм абыхэм я зэфIэкIыр зыхуэдизыр къыщапщытэрт. Абы папщIэ зэхуашэсырт пщIэшхуэ зыхуащI цIыхухэр. Зэуэным зэрыхуэхьэзырри, адыгэ хабзэм зэрыхащIыкIри, езыхэм я гупсысэхэр кIэщIу икIи гъэхуауэ къызэраIуэтэфри, уэрэд зэрыжаIэфри, шым зэрытесыфри, Iэщэ лIэужьыгъуэ псори зэрагъэбзэфри къапщытэрт. Гъэунэхуныгъэм пхыкIахэрат балигъ хъуауэ къалъытэр. Апхуэдэхэм къурагъ кIыхь хухасэрт. ИтIанэ ехъуэхъурт: «… Къурагъ зэрыпхухасамкIэ дынохъуэхъу!»
Псалъэм къыдэкIуэу жытIэнщи, фыз къэзыша нэхъыжьыр и къуэш нэхъыщIэм ехъуэхъурт, «чэзур къыплъысащ» жыхуиIэу.
Спартэми сабийхэр зэхэгъэж щащIырт. Ар сымаджэмэ е лъэрымыхьмэ, яукIырт. Адыгэхэри хуабжьу ткIийуэ кIэлъыплъырт сабийм и узыншагъэм. Щыхьэту къэтхьынщ «Щэуей и сабиигъуэр» нарт хъыбарыр. Абы щыжеIэ Къанж и фыз Нэрыбгей сабий къилъхун ипэкIэ жьэгу зэщIэгъэнам тегъуалъхьэу зэрыщытар. Сабийр занщIэу мафIэм хэхуэрт. Лыгъэм хисхьэ цIыкIур кIиймэ, анэм жиIэрт: «Мыбы хуэфащэкъым сэ си къуэу щытыну, ар мафIэм ес». Апхуэдэ щIыкIэкIэ Къанж и фызым и сабиибгъури мафIэм хисхьащ.
ЕпщIанэр къыщилъхум, Сэтэней мафIэм щхьэщыхьэри, и кIэпхыныр иукъуэдиящ къалъху сабийр къипхъуэтэн папщIэ, арщхьэкIэ дунейм къытехьэр, Сэтэней и кIэр пхрисыкIри, лыгъэм и курыкупсэм хэхуащ. МафIэм илыпщIырт, арщхьэкIэ гъыртэкъым, уеблэмэ дыхьэшхырт. Ар щилъагъум, анэр гуфIащ: «ИкIэм-икIэжым, сэ схуэфэщэн къуэ къэслъхуащ, нарт хахуэ къыхэкIынущ. Къащтэ ар».
Сэтэней щIалэ цIыкIур Iуащхьэмахуэ и щыгум щипIащ. Мылым гущэ къыхищIыкIри, бгъуэнщIагъым щIигъэуващ. Анэ быдзышэ папщIэу сабийм игъуэтыр мылыпсырт. Апхуэдэ щIыкIэкIэ пелуан дыдэ къищIыкIащ, балигъ хъуа иужькIэ и анэм иритыжащ. Нэрыбгей, и къару псор ирихьэлIэри, Щэуей ипIытIыну хэтащ, арщхьэкIэ и къуэр дыхьэшха къудейщ: «Хьэуэ, си анэ, сэ уэ ебгъэтIысэххэм сахуэдэкъым, зыIыгъ!» Апхуэдэ псалъэхэмкIэ Нэрыбгей и Iэр и къуэм къикъузри, ар игъэпыхьащ.
Мыбдеж щыжытIэн хуейщ, адыгэ хабзэм ипкъ иткIэ, сабийхэр гъэсэным пыщIа лэжьыгъэм зэрыжылагъуэу хэту зэрыщытар. Псалъэм и хьэтыркIэ, дэтхэнэ балигъри хуитт мыхъумыщIагъэ зэхищIыхьу гу зылъита ныбжьыщIэм дагъуэ хуищIыну. ИкIи и адэ-анэхэр я быным къыщхьэщыж хъунутэкъым. Апхуэдэхэм деж уи быным укъыщхьэщыжыныр къемызэгъ дыдэу къалъытэрт.
Зыгъэхьэзырар КЪЭБАРТ Мирэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2882.txt"
} |
Тыркуми джылахъстэнейхэр щопсэу
ХамэщIым зи адыгэ жьэгу щызыгъаблэхэм ящыщщ Тырку къэралыгъуэм ис джылахъстэнейхэр. Ахэр нэхъыбэу щыпсэур Мараш вилайетырщ.
Вилайетым и къалащхьэр лIыхъужьыцIэ зезыхьэ Кахраманмараш къалэращ. Абы адыгэ унагъуэ 1500-рэ хуэдиз дэсщ. Адыгэхэм я лъахэу къалъытэ Гёксун къалэм къедза къуажэ 50-м щIигъур. Абы щыщу 23-р адыгэ жылэщ, адыгэцIэ зезыхьэхэри яхэту - Къаншууей, Инаркъуей, Индрей, Астэмрей, Мэргъущей, ХьэпцIей, Ботэщей, Хьэзиз и къуажэ, КъуэжэкIэ, Къарэахьмэд, Анзорей Ипщэ, Анзорей Ищхъэрэ. А бжыгъэм хохьэ абазэхэ къуажиплIрэ зы убых жылэрэ.
КъищынэмыщIауэ, дагъыстэн къуажитIрэ зы шэшэн къуажэрэ гъунэгъущи, зэкъуэш хуэдэу зэбгъэдэтщ, я бзэр зырызми, я щэнхабзэр зыщ, зы хасэ йокIуалIэ.
Иджыпсту зи ныбжь хэкIуэтахэращ а щIыпIэм нэхъ исыр, зи щIалэгъуэхэр къалэшхуэхэм Iэпхъуауэ Iуэху щащIэ, гъэмахуэм зэхуосыжри, я жылэжь зэманыр щагъакIуэ. Ди лъэпкъэгъухэр апхуэдэу зэрызэбгрыкIар зыкIи сэбэп хъуащ, адыгэр зи щIысыр нэгъуэщI лъэпкъхэм кърагъэцIыхуащ, ядэлажьэкIэрэ, ядэгъуэгурыкIуэкIэрэ. Пэжщ, ди жагъуэ зэрыхъущи, а илъэс 30-м къриубыдэу, адыгэхэм я бзэр нэхъ яIэщIэхуащ, лъэпкъ хабзэм нэхъ пэIэщIэ хъууэрэ макIуэ. Ауэ апхуэдэ щыщIэныгъэхэр ягъэзэкIуэжын мурадкIэ гъэмахуэм, цIыхухэм я зыгъэпсэхугъуэм, фестивалхэр зэхашэ.
А щIыналъэм къыщалъхуахэм ящыщу хэкум нэхъ къэкIуэрейщ нэхъыжьыфI, адвокат цIэрыIуэу Истамбыл дэс Тумэ Рэхьми. «Сэ сыкъыщалъхуари, сыкъыщыхъуари, Тыркум и джылахъстэней щIыналъэращ. Истамбыл япэ дыдэу хасэ щаухуэри, иужькIэ дэнэ адыгэ дэсми а лъагъуэм ирикIуащ, апхуэдэу къэунэхуащ дэ дызэкIуалIэу щыта Гёксун Хасэри. Абы щхьэусыгъуэ хуэхъуащ езыхэм захъумэжыныр, къащIэхъуэ щIэблэм адыгэбзэр ирагъэщIэныр. Сэ иджыпсту Истамбыл сыдэсщ, гъэмахуэм сыкIуэжурэ Къаншууей сыщыIэщ. МащIэщ дэсыр, ари сэ схуэдэу загъэпсхуну къекIуэлIэжхэращ», - къыддэгуэшащ Рэхьми.
Тыркум сыт хуэдэ адыгэ Iуэху къыщаIэтми, зи гуащIэ хэзылъхьэхэм ящыщщ Емуз Баязит. Ари Мараш щопсэу, лъэпкъкIэ джылахъстэней щыщщ.
- Гёксун Адыгэ Хасэми, ар зэпхыжа КАФФЕД-ми лэжьыгъэшхуэ ирегъэкIуэкI адыгэу дыкъызэтенэжын папщIэ, - жеIэ Баязит. - Адыгэ щэнхабзэр, хабзэр, бзэр ди щхьэр зэрытхъумэжын Iэмалу зэрыщытым къыдэкIуэу, адрей лъэпкъхэми закъызэредгъэцIыху Iуэхущ. Дэ сыт хуэдэ гуфIэгъуэ зэхыхьэ къетхьэжьэми, джылахъстэнейхэм нэмыщI Тыркум ис нэгъуэщI къалэхэм къикIа ди лъэпкъэгъухэри къокIуалIэ, апхуэдэуи тыркухэм яфIэгъэщIэгъуэну къытхохьэ, зэи гулъытэншэу дыкъагъанэркъым вилайет, къалэ унафэщIхэми. Зэи зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым ди бзэр, ди хабзэр, ди пшыналъэм я дахагъыр. Ар ди щIэблэм къагурыдгъэIуэфмэ; лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэхэр бгъэдэкIуэд зэрымыхъунур, абыхэмкIэ укъызэрацIыхур, ар уи Iэпэгъуу щытмэ, хамэхэм уазэрыхэмыгъуэщэнур зыхащIыкIыу едгъасэмэ, зэи дыкIуэдыжынукъым. Псом хуэмыдэу апхуэдэ гукъэкI ящIыну дыхуейщ еджэну, лэжьэну къалэхэм Iэпхъуа ди щIалэгъуалэм.
Адыгхэр хамэхэм яхэмышыпсыхьыжынымкIэ гугъэ уэзыгъэщIщщ иужьрей лъэхъэнэм къэрал унафэщIхэм лъэпкъ мащIэхэм гулъытэ хэха хуащI зэрыхъуар. Ар къыхигъэщащ псэлъэгъу тхуэхъуа Бэязити.
- Кахраманмараш къалэм и Iэтащхьэхэр Мараш вилайетым къепха адыгэ къуажэхэм кIуэуэ, абы дэсхэм я псэукIэр зрагъэлъагъуу, я гурыгъу-гурыщIэхэм зыщагъэгъуазэу я хабзэщ. Абыхэм жаIэ зэпытщ илъэс мин хъуауэ лъэпкъ зэхуэмыдэхэр щыпсэу мы хэкум псори дрицIыхуу зэрыщытыр. Апхуэдэу зэгуэр къытхыхьа тырку унафэщIым ди гуапэ ищIат мыр жиIэри: «Адыгэхэм сэ фIыуэ сыкъацIыху, илъэс къэс лъэпкъым ехьэлIа щэнхабзэ фестивалхэр зэгъусэу идогъэкIуэкI. Къапщтэу щытмэ, сэ езым Кавказ лъэпкъхэм куэд щIауэ лъагъуныгъэ яхузиIэщ. Сэ Iуэхугъуэ куэдым срагъэблагъэ. Абыхэм сыщыкIуи, сыхунэмысу къыщызгъани къохъу. Ауэ адыгэхэм срагъэблэгъауэ зэи къэзгъэнакъым, уеблэмэ сыхуэпIащIэу апхуэдэщ ди зэIущIэм. Ар къызыхэкIыр сыт жыпIэмэ, дызэджа тхылъхэм, тлъэгъуахэм, зыхэтхахэм тепщIыхьмэ, адыгэхэр лIыгъэшхуэ зыхэлъ, цIыхуфI лъэпкъщ. Сытым дежи я гур зэIухауэ апхуэдэщ. Тхыдэм ухэплъэжу щытми, дапщэщи пэжым и телъхьэ, щыуагъэ зыIэщIэмыкI цIыхубэщ.
Лъэпкъ зэхэгъэж зыщIым сэ срителъхьэкъым. Дэтхэнэми и бзэ, и хабзэ ихъумэжу къекIуэкIыныр ди къэралым и къулеигъэщ. Мараш къалэ КъуэкIыпIэмкIэ къикIа ди къуэш курдхэри щопсэу. НэгъуэщI лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэри дэсщ. Ахэр псори зэгурыIуэу, зэдэIуэжу апхуэдэщ. Гурэ псэкIэ дызэбгъэдэтщ жысIэмэ, пцIы супсынукъым. Адыгэхэр къапщтэмэ, илъэс мин бжыгъэм щIигъуауэ дызэдопсэур. Абы лъандэрэ зэи зыми я зэран екIакъым, тхыдэм уриплъэжми, къыщыгъэлъэгъуакъым ахэр зыгуэрым емызэгъауэ, лей кIэлъызэрахьауэ. Абы ипкъ иткIэ, ди зэхущытыкIэр фIыщ, къэкIуэнум зэгъусэу дыхуолажьэ, абы щыгъуэми щхьэж и лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэр IэщIэхуркъым».
Гуапэкъэ апхуэдэ псалъэхэр къалэ унафщIым жиIэу зэхэпхыну. Абы къищынэмыщIауэ, фэри фощIэ, дэ илъэс къэс адыгэ щэнхабзэм и фестивалхэр идогъэкIуэкI. Апхуэдэ IуэхукIэ ди къуэшхэр хэкум къыщикIым дежи я къулыкъущIапIэм ирагъэблагъэри, хьэщIагъэ ирах. ДэркIэ ар пщIэщ икIи гуапагъэщ.
Мараш къалэм и парк нэхъ ин дыдэм итщ Шэрджэс Аслъэнбей и фэеплъ сыныр, уеблэмэ а жыг хадэм и цIэр зэрехьэ. Тырку къулыкъущIэхэр адыгэхэм къазэрыхущытым дэри мызэ-мытIэу дрихьэлIащ, щIыпIэ, щIыналъэ Iэтащхьэхэм дахуэзащ. Ахэр апхуэдизкIэ адыгэ хабзэмрэ адыгэ нэсым и хьэл-щэныфIхэмрэ дехьэхри, политикэ гупсысэкIэ лъэпкъ хэмылъу ди лъэпкъэгъухэм къыпхутопсэлъыхь.
НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2883.txt"
} |
Тенджыз Iуфэм щытокIуэ
Краснодар крайм хыхьэ Сукко жылагъуэм щекIуэкIащ универсальнэ зэзауэхэмкIэ дунейпсо зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ къэрал 25-м щыщ илъэс 12-м къыщыщIэдзауэ 20-м нэблагъэ спортсмен ныбжьыщIэ 600-м щIигъу.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ къыхэхам хэт спортсменхэм зэхьэзэхуэм ехъулIэныгъэфIхэр щызыIэрагъэхьащ. Псори зэхэту абыхэм къахьащ медаль зэмылIэужьыгъуэ 11, дыщэу 6 хэту.
Я ныбжьрэ хьэлъагърэ елъытауэ зэщхьэщыха гупхэм пашэныгъэр щаубыдащ Къамгъуэт Муртаз, ТыIэщ Дамир (тIури кг 55-рэ), Щомахуэ Беслъэн (кг 60), Къущхьэ Аслъэн (кг 65-рэ), КIэбышэ Алим (кг 70), Бейтыгъуэн Анзор (кг 75-рэ) сымэ.
Ди спортсменхэр ягъасэ Бейтыгъуэн Руслан, Щомахуэ Къазбэч, Нэгъуей Анзор сымэ.
Гуп медаль зэпеуэм Урысей Федерацэм и командэ къыхэхар япэ щыхъуащ. Абыхэм къакIэлъокIуэ Таджикистанымрэ Узбекистанымрэ я спортсменхэр.
КЪЭХЪУН Бэч.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2884.txt"
} |
Дыжьын медалыр къэралым къыхуехь
ЩэкIуэгъуэм и 5-м Белград къалэм щекIуэкIащ зи ныбжьыр илъэс 23-рэ иримыкъуахэм бэнэкIэ хуитымкIэ я дунейпсо зэхьэзэхуэ.
Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам хэт ди лъэпкъэгъу ЗакIуий Азэмэт абы дыжьын медалыр щызыIэригъэхьащ. Зи хьэлъагъыр килограмм 92-м нэблагъэхэм я зэпэщIэтыныгъэм щригъэкIуэкIа япэ зэIущIитIми зэманыр и кIэм нэмысыу ар ефIэкIащ и хьэрхуэрэгъухэм. Финал ныкъуэ зэIущIэм адыгэ щIалэм къыщыпэщIэтащ Тыркум щыщ бэнакIуэ Яйлачи Эрхан. Шэч къызытумыхьэн текIуэныгъэ 9:1-уэ абыи къыфIихьри ЗакIуийр кIэух зэпэщIэтыныгъэм нэсащ.
Дунейпсо дыщэ медалыр къэхьыным ехьэлIа финал зэIущIэм Къбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэм зымащIэкIэ къыщефIэкIащ Азербайджаным къикIа Нурмагомедов Уэсмэн икIи етIуанэ увыпIэр къылъысащ.
Ди спортсменыр егъасэ и адэ ЗакIуий Арсен.
ЖЫЛАСЭ Замир.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2885.txt"
} |
Уахэ жыжьэм
Астрономхэм хьэршым къыщахутащ хьэлъагъэ ин дыдэ зиIэ мащэ кIыфIхэм ящыщ зыр зыхыхьэ галактикэм, зыщрича фIэкIа умыщIэну, щIэгъэхуэбжьауэ зэрыщызекIуэр. Еджагъэшхуэхэм а Iуэхугъуэм траухуа я тхыгъэм дыщрохьэлIэ «Астрофизикэм и журнал» и фIэщыгъэу США-м 1895 гъэм къыщыщIэдзауэ къыщыдэкI щIэныгъэ журналым и иужьрей къэунэхугъуэхэм ящыщ зым.
Iуэхум и къежьэкIэ хъуам и гугъу тщIынщи, астрофизикэм телажьэу а къэралым и Массачусетс штатым хыхьэ Кембридж къалэм дэт Гарвард-Смитсон центрым егъэщIылIа щIэныгъэлIхэм, уахэ жыжьэм зыщызыгъазэ галактикэу 10-м я курыхым къыщекIуэкIхэм щакIэлъыплъым, ящыщ зым ит мащэ кIыфIыр, адрейхэм яхуэмыдэу, «зэрыщыщIэпхъуам» гу лъатащ.
«Дэ дыщыгъуазэщ галактикэ абрагъуэхэм я курыхым мащэ кIыфIхэм я нэхъ хьэлъэ дыдэхэм зэрызыщагъэпщкIуам. Иджыри къыздэсым ди гугъэт, блэкI псори думпу (уэх-бзэхыу) зыщIэзылъафэ а къэщIыгъэ шынагъуэхэр, зэрыхьэлъэ дыдэм къыхэкIыу, зыхыхьэ галактикэхэм зэрызыщагъэхъей щымыIэу иту», - щыжеIэ Инстаграммым къыщызэIуиха и блогым ищхьэкIэ зи гугъу тщIа къэпщытэныгъэхэр езыгъэкIуэкIа астрофизикхэм я унафэщI Пеше Доминик.
ЩIэныгъэлIыр зи пашэ гупым хэтхэр илъэситхум и кIуэцIкIэ кIэлъыплъащ галактикэхэм ящыщу я нэхъ инхэм хабжэ пщIым я курыхым зыщызыудыгъуа мащэ кIыфIхэм я зыгъэзэкIэ-зыгъэхъеикIэр зыхуэдэм. ЗэхагъэкIыну зыхуеяри зы Iуэхугъуэт: «Гъуни-нэзи зимыIэ уахэм зылъыгъуэза галактикэхэм я щызэхэзекIуэкIэр абыхэм я кIуэцIым зыщызыудыгъуа мащэ кIыфIхэм я зыгъэзэкIэм техуэу пIэрэ?» - жыхуиIэрт. Ауэ щыхъукIи, апхуэдэ зыдамылъагъуну мащэ кIыфIым, адрейхэм емыщхьу, и пIэ икIарэ зигъэхъеяуэ аращи, а Iуэхугъуэм и щхьэусыгъуэми лъыхъуапхъэт.
АтIэми, астрономхэр илъэситхукIэ зыкIэлъыплъа галактикэу пщIым ярыт мащэ кIыфIхэм ящыщу и пIэ икIауэ гу зылъатар зы закъуэщ. Ар ЩIы Хъурейм зэрыпыIудзар «мащIэ дыдэщ» - нэхум илъэс мелуан 230-м и кIуэцIкIэ икIу гъуэгуанэм хуэдизкIэщ. И хьэлъагъыр, къызэрапщытамкIэ, Дыгъэм ейм нэхърэ хуэдэ мелуанищкIэ нэхъыбэщ. Зыхыхьэ галактикэу J0437 + 2456 зи нагъыщэм зэрызыщигъазэм хуабжьагъэу далъэгъуари зы сыхьэтым и кIуэцIкIэ километр мини 177-рэ къыщызэринэкIыущ. НэгъуэщIу дгъэлъагъуэмэ, J0437 + 2456 галактикэм къыщахута мащэ кIыфIыр хьэлъагъэ ин дыдэ зиIэщ, абы къыдэкIуэуи хуабжьагъэшхуэ зезыхьэщ.
Уахэм зэрызыщызэжьэхэуам къыхэкIагъэнущ
Зи гугъу тщIы зыгъэхъеикIэ телъыджэм щхьэусыгъуэ хуэхъуам ехьэлIауэ астрономхэм езыхэм я Iуэху еплъыкIи яIэжщ:
«Хьэршым хуабжьагъэ телъыджэ щызиIэу зыщызыгъазэ пкъыгъуэ абрагъуэм и къэунэхукIэ хъуар къызыхэкIауэ дэ къэтлъытэр мыращ: «мащэ кIыфI» зыхужытIэхэм ящыщу тIум я зэжьэхэуэкIэщ. Хьэлъагъэ ин дыдэ зиIэ къэщIыгъэхэм я апхуэдэ «зэкIэрыпщIэкIэм» я нэхъ цIыкIур щыIуигъэкIуэтым, мыдрейр абы «кIэлъыщIигъэпхъуащ». Арати, зы зэдэхъуа иужькIэ, яхуэгъэкъаруун хуэдиз хуабжьагъи къызэдащтащ», - жеIэ зи гугъу тщIы къэпщытэныгъэхэр езыгъэкIуэкIахэм яхэта, США-м и Виргиния штатым хыхьэ Шарлотсвилл къалэ цIыкIум дэт Лъэпкъ радиоастрономие обсерваторэм и IэщIагъэлI Кондон Джим.
АрщхьэкIэ, зэрыгурыIуэгъуэщи, мащэ кIыфIым зи гугъу тщIа и зыгъэзэкIэм ипэжыпIэкIэ щхьэусыгъуэ хуэхъуар зэхэгъэкIыным гъунэ иралъа къудейщ.
КЪУМАХУЭ Аслъэн.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2886.txt"
} |
Псалъэхэм къарыкIыр
Жыджэрыбжьэ. ЩIыхьэхум епха хабзэщ. Мэз е мэкъушэж щIыхьэху щащIам деж псом япэ и Iуэхур зэфIигъэкIыу къэсыжа гущхьэIыгъым фадэбжьэ иратырт. Абы жыджэрыбжьэкIэ еджэу щытащ. Хабзэр кIуэдыжащ.
Уэкъулэ. ЦIыхур къулейсыз дыдэ хъуамэ, шхынрэ фадэрэ зэригъэпэщырти, и ныбжьэгъу, и цIыхугъэ зыдэс къуажэ кIуэрт «уэкъулакIуэ сыкъэкIуащ», жиIэрти. Ар здэкIуам ефэ-ешхэ къызэIуихырти, и къуажэгъухэр къригъэблагъэрт. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми лъэIуакIуэ кIуам хузэфIэкI тыгъэ къыхуищIырт. Хабзэр кIуэдыжащ.
МеркIафэ. УэкъулакIуэ нэгъуэщI къуажэ кIуа цIыхум къызэригъэпэщ ефэ-ешхэм меркIафэкIэ еджэрт. Апхуэдэу щIеджэри абы зы меркIэ из нэхърэ нэхъ мащIэ кърат зэрымыхабзэр арауэ къыщIэкIынут. Хабзэр кIуэдыжащ.
Мэрем мэкъуауэ. Ипэ зэманым щыIа хабзэщ. Къуажэм къулейсызу, цIыхухъу лэжьакIуэ зэрымыс унагъуэу, зи мэкъур пызымыупщIыжыфу дэсхэм цIыхухэр зэхыхьэурэ я мэкъур хупаупщIу щытащ. Ар мэрем махуэм ирагъэхьэлIэрти, абы щхьэкIэ мэрем мэкъуауэ фIащащ. Хабзэр здэщыIар Къармэхьэблэщ, иджы кIуэдыжащ.
Хэхашэ. Нысэ къэзыша унагъуэм пхъэгъэсын къаригъэшэн папщIэ
къызэригъэпэщу щыта щIыхьэхум хэхашэкIэ йоджэ. Хабзэр кIуэдыжащ.
ЩIыхьэху. Ижь лъандэрэ адыгэхэм яхэлъ хабзэщ. Зы цIыху гуэрым е унагъуэм и закъуэ къарукIэ Iуэху къыпэщылъыр хузэфIэмыгъэкIынумэ и къуажэгъухэм, Iыхьлы, благъэхэм яжриIэрти щIыхьэху ищIырт.
ЗэдэIэпыкъуурэ Iуэхур зэфIагъэкIырт. ЩIыхьэхур нэхъ къыщагъэсэбэпу щытар щIым щытелэжьыхьхэм, унэ, псэуалъэ щащIхэм, цы щыгъуэхэм, дамыгъэ тедзэхэм дежт. ЩIыхьэхум хохьэ сыт хуэдэ зэдэIэпыкъуныгъэри. Хабзэр иджыри щыIэщ.
ЩIыхьэху шхын. ЩIыхьэху зиIэ унагъуэм и щIыхьэхухэм яригъэшхыну и гъунэгъухэм, благъэхэм, ныбжьэгъухэм къыхуахь ерыскъым щIыхьэху шхынкIэ еджэрт.
Къулъкъэшхъэн – пщыхэмрэ уэркъхэмрэ я хьэзабыр, тепщэныгъэр ямыдэу я щхьэхуитыныгъэм щIэбэну пщылIыпIэм яфIыIукIыж цIыхухэм къулъкъэшхъэнкIэ еджэу щытащ.
Шупежьэ – нэгъуэщI лъэпкъым къыхэкIа хьэщIэ лъапIэ къуажэпщым къыщыхуэкIуэм деж абы хъыбар кърагъащIэрт. Къуажэпщым езым и дэрэжэгъухэм ящыщу лIы зытIу хьэщIэхэм япригъажьэрт. Ахэр къуажэ къыдыхьэпIэм деж хьэщIэхэм щаIущIэрти къуажэпщым деж къашэрт. Аращ шупежьэкIэ зэджэу щытар.
ХъыбарегъащIэ – хьэщIэ егъэблэгъэкIэщ. Пщыр хьэщIэу езым хуэдэпщым деж щыкIуэкIэ зы щIалэ япэ иригъэщырти, зыхуэкIуэ пщым деж хъыбарегъащIэ игъакIуэрт. А зыхуэкIуэ пщыми шу зытIу шупежьэкIэ еджэу къапригъажьэрти, хьэщIэхэр ирагъэблагъэрт.
Унагъуэ тегуашэ – хьэщIэ егъэблэгъэкIэм щыщ хабзэщ. Къуажэдэс гуэрым хьэщIэ куэд къыхуэкIуарэ щигъэхьэщIэнрэ здигъэгъуэлъынрэ къемэщIэкIмэ, нэхъ хьэщIэ лъапIэхэр езым и деж къигъанэрт, адрейхэр и гъунэгъухэм деж ишэрти щигъэхьэщIэрт. Апхуэдэуи зыгуэрым хьэщIэ куэдыIуэ къыхуэкIуамэ, и гъунэгъухэр кIуэрти хьэщIэхэр зэбграшырт.
Думэн Хьэсэн зэритхыжамкIэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2887.txt"
} |
Къул Дайанэ и макъамэ дунейр
ЗыхэпсэукIыр макъамэщ, и къарур лъэпкъырщ, зыгъэкIуатэр гупсысэщ, зыпсыхьыр гуапагъэщ, зэхэплъхьэжмэ - насыпщ! И дунейр мыпхуэдэу къытщыхъуащ ди псалъэгъум - Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и «Амикс» уэрэджыIакIуэ гупым макъамэмкIэ и гъэсакIуэ, «Джэрпэджэж» уэрэджыIакIуэ гупым хэт Къул Дайанэ. ЖыпIэ хъунущ Дайанэ гущэкъу уэрэдкIэ къыщIидзауэ. И адэ-анэм къызэрыжаIэжымкIэ, мазих зэрыхъу лъандэрэ къреш макъамэ. И анэм жиIэу щыта гущэкъу уэрэдыр и гум ириубыдати, и жеин къыщыкIуахэм деж, а макъамэмкIэ закъригъащIэрт.
-Илъэсищ сыхъуу япэу утыку сихьэри сабий уэрэд цIыкIу згъэзэщIауэ щытащ. Абдеж щIэздзэри, зэпеуэхэм сыхэтащ, школым щекIуэкI зэхьэзэхуэхэм уэрэд щыжысIащ, сыкъыщыфащ. ИтIанэ, илъэсипщI сыщыхъум, си зэпеуэ хэтыныр зэуэ зэпыуащ. «Хуиту джэгуу, еджэу сабиигъуэ тынш иреIэ», - жиIащ си анэм. Макъамэ школи сагъэкIуат, ауэ къэзухакъым - сыкъэфэну, къэзжыхьыну сыхуейт,- игу къегъэкIыж абы.
И адэм и «Амикс» гупым кIуэрт щIэх-щIэхыурэ. Я къафэхэмрэ уэрэдхэмрэ гукIэ ищIэрти, гупым репетицэ яIэрэ зыгуэр къэмыкIуамэ, абы ипIэкIэ Дайанэ хагъэувэрт. Илъэс I5 щыхъум «Амикс» гупым хыхьащ. Курыт еджапIэ нэужьым, Москва Щукин Борис и цIэр зезыхьэ Театр институтым щIэтIысхьащ. Къиухри МюзиклымкIэ театрым илъэситI щылэжьащ.
-Псори хъарзынэт, псори фIыт, ауэ си гур къилъэтын, си нэхэр лыдын хуэдизу ситхьэкъуртэкъым си лэжьыгъэм. ИтIанэ, сэ си цIыху щIыкIэр мыпхуэдэщ: езыхэр сызыхагъэхьэм сыхэтт, ауэ «мис мыр сигу ирохьри, сыщывгъэджэгу», схужыIэнутэкъым. «Къысхуагъэфащэмэ, езыхэм сыкъалъэгъунщ», - арат сызэрегупсысыр. Арати, республикэм сыкъэкIуэжащ. А зэманым «Амикс» гупыр илъэс I5 ирикъурти, концертхэр куэду игъэхьэзырт. Сэри садэIэпыкъуну сахэуващ, - къыддогуашэ Дайанэ.
Иджыпсту Дайангэ «Джэрпэджэж» уэрэджыIакIуэ гупым хэтщ. «Дауэ уахыхьат, удихьэхат?» - жытIэри деупIщат:
- Зэгуэрым макъамэмкIэ «Джэрпэджэж» («JRPJEJ») гупым и оператор Васильев Тамерлан къэпсэлъащ, «зы уэрэд дыгъэтх» жиIэри. СыкIуэри ттхат, ауэ уэрэдыр схуэмыгъэзэщIауэ къысщыхъуат, сигу зыхуэзэгъэжатэкъым. Зэман дэкIащ. Аргуэру а гуп дыдэм хэт Къуэдзокъуэ Тимур къопсалъэ, «гущэкъу уэрэдитI дыгъэтх», жиIэри. СокIуэ, уэрэдхэр къыхыдох, дотх. ИтIанэ, концерт ятынути, сраджэ. Сэ уэрэдитIыр жысIэну сыкIуауэ арат, ауэ концертыр иухыху сахэтащ. ИтIанэ, аргуэру зы концерт. Ауэ иджы сахэзэгъауэ. Апхуэдэу сыхыхьащ «Джэрпэджэж» гупым. Иджы зы унагъуэ хуэдэу гуапэу дызэхэтщ.
Концерт программэ яIэу Москва, Самарэ, Казань, Санкт-Петербург, Польшэм зыкъыщагъэлъэгъуащ гупым. Дайанэ зэрыжиIэмкIэ, «джэрпэджэжым зыужьыныгъэ» къритащ, лъэпкъым теухуауэ иIэ гупсысэхэр нэхъ куу ищIащ.
-«Джэрпэджэж» гупым сыхыхьа нэужь, уэрэдыжьхэм сыдихьэх хъуащ. Дэтхэнэми и купщIэр, хъыбару и гъусэр, зыхуаусар – псори зэзгъэщIэну сыхуопабгъэ, абыхэм теухуауи тхыгъэ щхьэхуэхэм сыкъоджэ. КъызгурIуаращи, ахэр уэрэд къудейкъым, ахэр гъащIэщ: зыгуэрым и насып, и гуауэ, и гууз, и Iущагъ хэлъу. А псор зыхэпщIа нэужь, уэрэдыр макъ къудейкIэ бгъэзащIэ хъужыркъым, уи псэм къыIэпыбох ахъумэ. И пэжыращи, сыкъызыхэкIа лъэпкъым гъунэгъу сыхуищIащ, - жеIэ абы. Дайанэ къелъытэ и адыгэпсэм и къарур хэлъу, ар нэхъапэхэм къыгурымыIуэу щыта пэтми:
-Москва сыщыщеджа илъэсхэм сэ нэсу къызгурыIуэртэкъым сыкъызыхэкIа лъэпкъым и уардагъыр. Уеблэмэ къыздеджэхэм псэлъэкIэкIэ е гупсысэ гуэрхэмкIэ сазэремыщхьым сыщринэщхъеи къэхъурт. Зэгуэр дезыгъаджэ зы бзылъхугъэ жесIат: «Уэрэд щыжытIэкIэ, сэ си макъыр къазэрыхэщхьэхукIыр зыхызощIэри, си гур ныкъуэщ». «Абы уригушхуэн хуейщ, ар уэ уи щхьэхуэныгъэщ, ар екIущ, ар щэнхабзэщ. Дэ игъащIэкIэ тхузыхэмыщIэну уэ зы телъыджэ пхэлъщ», - къызжиIат. А щыжиIа дакъикъэм къызгурIуатэмэ!
ИужькIэ, си Хэку сыкъекIуэлIэжауэ, а псалъэхэм я мыхьэнэр зыхэсщIащ. КъызгурыIуащ, сызэрыадыгэр си къару нэхъыщхьэ дыдэу зэрыщытыр. Пэжым ухуеймэ, иджыпсту куэд щыIэщ «Адыгэ уей-уей», жыхуиIэм я адыгагъэри, адыгэбзэри, гъэсэныгъэри кърагъэтIасэу е адыгэ фащэр дахэу ящыгъмэ, нэхъ адыгэ щымыIэ я гугъэу. Сэ си дежкIэ лъэпкъыр нэгъуэщIщ – ар гурэ псэкIэ зыхэсщIэщ, гупсысэрэ зэхэщIыкIкIэ щхьэхуэ сызыщIщ, си гу къеуэкIэщ. Абы уогупсысри, бзэм и мыхьэнэри нэхъ зыхыбощIэ. Сэ анэдэлъхубзэкIэ си гупсысэ къызоIуэтэф. Мис, уэ сынопсалъэ, псалъэм папщIэ, кууущэу къысхущIэмыгъалъэми. Ауэ, си псэлъэкIэм и щыщIэныгъэхэр языныкъуэ нэхъыжьхэм къыщыспагъэтIылъыжым деж, си гур щызухыж щыIэщ. «Тэмэму упсэлъэфкъым», «щыуагъэхэр хыбощIыхь» е «адыдыд, мыбы и адыгэбзэр» - мы псалъэхэм сэ сагъэсэнукъым, сыкъагъэувыIэну аращ. Мы гупсысэр си ныбжь куэдми жаIэу зэхызох. Тебгъэгушхуэмэ, нэхъ къозэгъ, Iэпыбуд нэхърэ!
Дайанэ и хъуапсапIэщ зэгуэр республикэм мюзикл щигъэувыну. ЗэрыжиIэмкIэ, абы иджыпсту ди цIыхухэр хуэхьэзыркъым, я тхьэкIумэр есакъым.
-Мюзиклыр - ар философие псощ, уигъэгупсысэн хуейщ. Къапщтэмэ, адрей лъэпкъ куэдым къащхьэщыкIыу, адыгэм и гупсысэр куущ егъэлеяуэ. КъыгурыIуэнут икIи дихьэхынут иIамэ. Зэгуэр зэзгъэхъулIэнуи сыхуейщ! – жеIэ.
ГъэщIэгъуэнщ пщащэм насыпым и мыхьэнэр къызэрыгурыIуэр, абыи акъыл хелъхьэ:
- Дыпсэуну тIэщIэгъупщыкI хуэдэщ иныкъуэм деж – щхьэхьу зыщIыпIэ дыкIуэу. Насыпыр-щэ?! Насыпыр езы гъащIэрауэ си гугъэщ. Абы дакъикъэ телъыджэу хэтырщ. Гу лъыттэн хуейуэ аращ. Дызэрыбауэр, ди лъэ къызэрихьыр, дыщIэкIыу къэткIухьыну, дигу къэкIа цIыхум дыIущIэну Iэмал дызэриIэр – мыхэр насып ирокъу.
Гугъуэт Заремэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2888.txt"
} |
Израилым и адыгэ уэрамхэр
Израилым ис адыгэхэм щапхъэ зытехыпхъэ Iуэхугъуэ дахэу, я адыгагъэр зэрахъумэж Iэмалу, пщIэрэ щIыхьрэ яIэу хамэ хэку зэрисым и щыхьэту къадокIуэкI ахэр зыдэс Кфар-Камэ къуажэ уэрамхэм адыгэцIэхэр зэрызэрахьэр.
Кфар-Камэ цIыху 3330-рэ дэсщ, ар унагъуэ II30-рэ мэхъу. Абыхэм я процент 90-р шапсыгъщ, абазэхэхэр, хьэтыкъуейхэр, бжьэдыгъухэр унагъуэ зыбжанэ мэхъу. Зи лъэпкъым къыкIэрыча хъуа, нэгъуэщI дин, политикэ, бзэ зезыхьэ гупым хэхуа, зи бжыгъэкIэ мащIэ ди къуэшхэм я щэнхабзэмрэ псэукIэмрэ а псоми яжь къыщIимыхуу къэнауэ къыщIэкIынкъым. Абы щыпсэу адыгэхэм езыхэм я хабзэ зехьэкIэ, псэукIэ щхьэхуэ зэрагъэпэщыжащ. Езыхэр, дэ дэщхьу, зэрызэджэжыр адыгэщ, «шапсыгъ», «абазэхэ» псалъэхэр къыщагъэсэбэпыр зыщыщ лIакъуэр щызэхагъэкIым дежщ.
Ахэр къызыхэкIа лъэпкъым, я адэжьхэм, адыгэ мамлюкхэм яхэлъа лIыгъэмрэ яIа щIыхьымрэ, я хабзэ дахэмрэ нэмысымрэ ирипагэу мэпсэу нобэр къыздэсым икIи къыдэкIуэтей щIэблэр абы зэрыщIапIыкIыр нэрылъагъущ. Къуажэм адыгэбзэ фIэкIа зэрыщыземыкIуэр щыхьэт тохъуэ я лъэпкъ зэхэщIыкIым зэрызиужьам.
Щыпсэу къэралыгъуэр фIыуэ къазэрыхущытыр къагъэсэбэпурэ, абы щыщ адыгэхэр я бзэм и пщIэр къызэраIэтыным хущIокъу.
Къуажэм ущыдыхьэкIэ гъуэгугъэлъагъуэхэм тет псалъэхэр журтыбзэкIи адыгэбзэкIи тетхащ, IуэхущIапIэу дэтми, уэрамхэми я цIэр адыгэбзэщ зэрытетыр икIи адыгэцIэщ зэрахьэр – Къэбэрдей, Шапсыгъ, Iуащхьэмахуэ, Хъан гъуэгу, Налшык, Псы, Мазэ…
Израилым ЭкономикэмкIэ и министерствэм и лэжьакIуэ, Кфар-Камэ щыIэ Адыгэ Хасэм жыджэру хэт Нэпсо Айбэч къытхутепсэлъыхьащ зыплъыхьыпIэхэмрэ щIыпIэ дахэхэмрэ я хъыбархэм. Айбэч ящыщщ къуажэ уэрамхэм адыгэцIэ зэрахьэнымкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьэу ар пхызыгъэкIахэм.
- Илъэс зыкъом ипэкIэ щIалэ гуп дызэхэсу ди хъуэпсапIэу къэтIуэтауэ щытащ, ди уэрамхэм адыгэцIэ зэрахьэныр насыпышхуэу къызэрытлъытэр. Ди щIалэгъуэт, ди къару илъыгъуэти, дызэрыгъэгушхуэри Iуэхум дыхуежьащ. УэрамыцIэхэм ятеухуауэ Израилым и къэрал хабзэхэр зэдгъащIэщ, абы папщIэ зызыхуэгъэзапхъэхэм депсалъэри, ди мурадым яужь дихьэмэ, зэрытхузэфIэкIынур къыдгурыIуащ. ЩIалэ хъарзынэхэр хэтт Хасэми, дызэхэтIысхьэри, къэдгупсысащ уэрамхэм цIэуэ хуэдгъэфащэхэр. Нэхъыщхьэу хэтлъагъуэр уэрамым и цIэм укъеджэмэ, адыгэр уигу къигъэкIын зэрыхуейрт, ди сабийхэм ялъагъурэ щыщIэупщIэкIэ псалъэм къикIымрэ ар къыздитхамрэ яхуэтIуэтэныр щхьэпэнут. Хабзэм тету программэ дгъэпса нэужь, Хасэм етхьэлIэри, тхузэрагъэзэхуащ, здегъэхьыпхъэхэм ирагъэхьащ. Зэман текIуэдащ, ауэ зыми къытпиубыдаIакъым, зэрыфлъагъущи, нобэ нэр игъэгуфIэу, гур хигъахъуэу фIэлъщ. Ди щIалэгъуалэм я гугъу пщIымэ, и нэхъыбэр гъунэгъу къалэхэм дэт университетхэм щIотIысхьэ. Зыхуеджэр сыт жыпIэмэ, дохутыр, уэчыл, инженер, егъэджакIуэ IэщIагъэхэр нэхъ къыхах. Дэ куэд диIэщ заводхэм, фабрикэхэм инженеру щылажьэу, бзэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ егъэджакIуэу, унафэщIу IуэхущIапIэхэм щыIэу. Нэхъыбэр щылажьэр Хайфэрэ Тбериерэщ, ахэр нэхъ ди гъунэгъущи. Ди щIалэ куэдым дзэм, полицэм къулыкъу щащIэ, - жеIэ Айбэч.
Мис апхуэдэу Iуэхум бгъэдыхьэурэ зэфIэзыгъэкIырщ адыгэ нэсыр. Израилым исхэм я пщIэрэ я хабзэрэ яхъумэжынымкIэ хьэкъ къазэрытемыхьэр ди нэкIэ тлъэгъуащ.
НэщIэпыджэ Замирэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2889.txt"
} |
«Спартак-Налшыкым» хэтахэм кубокыр яIэрохьэ
Футбол
Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и ветеранхэм я щIымахуэ кубокым ехьэлIа зэхьэзэхуэр иджыблагъэ иухащ. Абы текIуэныгъэр щызыIэрагъэхьащ «Спартак-Налшыкым» хэтахэм.
Мы махуэхэм ди республикэм зыщызыгъэпсэху тренер цIэрыIуэ Красножан Юрэ и унафэм щIэта «Спартак-Налшыкым», зэманыфIми хуэдэу, хъарзынэу зыкъигъэлъэгъуащ икIи и хьэрхуэрэгъу псори хигъэщIащ. Финалым ар щефIэкIащ «Вольный Аул» командэм.
КIэух зэIущIэм и пэщIэдзэращ бэнэныгъэ гуащIэ щекIуэкIар. Зи Iэзагъыр нэхъ лъагэ «Спартак-Налшыкым» адэкIэ хуэмурэ тепщэныгъэр иубыдыпащ. И хьэрхуэрэгъухэм жэуапыншэу топиплI худигъэкIри, Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и ветеранхэм я кубокыр абы зыIэригъэхьащ. А зэIущIэм щэнейрэ къыщыхэжаныкIащ Хьэбылэ Алим - аращ зэхьэзэхуэм и футболист нэхъыфIуи къалъытар.
ХЬЭТАУ Ислъам.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "289.txt"
} |
Анэдэлъхубзэм уеIэт
Гъуэгугъэлъагъуэ тхуэхъуауэ щыта, «Букварь» жиIэу зытета тхылъ цIыкIур къызэрытIэрыхьэрэ илъэс щэ ныкъуэ нэхърэ нэхъыбэ блэкIагъэнщ. Ди анэдэлъхубзэм дрипсэлъэф къудейуэ арати, абы ит сурэтхэм дэщIыгъуа хьэрфхэр щапхъэ тхуэхъури, куэд дэмыкIыу еджэн щIэддзат. Абгъуэм япэу къилъэтыкI гъатхэ бзу шырхэм дахуэдэт, дамэ къыттекIами ярейуэ дыгуфIэрт.
ТхылъымпIэ напэ куэди мыхъу а зы тхылъ цIыкIум зэIэпытхыу деджэрти, зы махуэм зым ар унэм здихьырт, къыкIэлъыкIуэм нэгъуэщIым ириту дыкъекIуэкIырт - щIэх къызылъымысым и жагъуэ хъууэ. Зэпэубыдауэ зетхьэ тхылъыр здэщыIэ унагъуэхэм дыщыкIуи къэхъурт. Зы хэкIыпэ гуэр къэлъыхъуэн хуейт: е IэкIэ дгъэбэгъуэн, е тредгъэдзэн. Нобэ хуэдэу тхыгъэхэр зэрагъэбагъуэ техникэхэр дэ диIакъым, ауэ и шэрхъыр IэкIэ зэрашэу щыIа Iэмэпсымэм хуэдэ абы щыгъуэм къэдгъэсэбэпри, ди тхылъ лъапIэ цIыкIур нэхъыбэ тщIат.
Нахуэу урилэжьэну, уи бзэр зэбгъэщIэжыну а зэманым ухуиттэкъым. АрщхьэкIэ зи бзэр зыщIэж, тхэф, еджэф щIалэ гуп хасэ унафэкIэ делэжьырт я анэдэлъхубзэр ди лъэпкъэгъухэм едгъэщIэжыным. Сэ къыслъыса хьэблэр «Дикмен» лъэныкъуэрт. Куэд дэмыкIыу, къэралыгъуэр зыIэщIэлъхэм ди лэжьыгъэри ди гугъэхэри къыттракъутэжат.
Илъэс щэ ныкъуэ дэкIауэ, Къайсэр Эрджиес университетым литературэмкIэ и факультетым «Адыгэбзэ» къудамэ къыщызэIуахащ. ЕгъэджакIуэхэр ХэкумкIэ къызэрикIынур щызэхэсхым, сэри сапежьэну мурад сщIащ, тыркубзэ ямыщIэмэ, зыхуэныкъуэ щыIэмэ, садэIэпыкъуну.
Гъатхапэм и 8-м, ЦIыхубзхэм я дунейпсо махуэ лъапIэм, удз гъэгъакIэ абыхэм сехъуэхъуну мурад сщIащ. Дызэрихабзэу, хъуэхъу псалъэ дахэхэр тыгъэм дэщIызгъуну си гугъэу, зы тхылъымпIэ цIыкIуи къисхащ. Ауэ сыт хуэдэбзэ зэрыстхынур?! Латин хьэрфхэр зи лъабжьэ тыркубзэмкIэ стхымэ, тыгъэр зыхуэгъэзахэм къагурымыIуэнкIэ хъунущ. Кириллицэм тет адыгэбзэрамэ, апхуэдиз илъэс дэкIауэ сэ езым зэгъэкIуауэ схуэтхыну?! Сытми, сетIысылIэри, сегугъупэурэ стхащ. ПэщIэдзэ классым кIуагъащIэ, еджэкIэ зэзыгъащIэ къудей ныбжьыщIэм хуэдэу стхырт, щыуагъэ хэлъмэ, къысхуагъэгъуну сащыгугъыу.
Ныбжьэгъу къысхуэхъуахэм я деж лъагъунлъагъу сыкIуащ махуэ гуэрым. ТхылъымпIэм тестхауэ щыта тхыгъэм щыуагъэ куэд хэфлъэгъуауэ пIэрэ жысIэу, си псалъэр къыщезгъажьэм, «Сыт а жыпIэр?! Уи тхыкIэр си адэм итхам хуэдэу къысщыхъуу, а махуэм и фэеплъу згъэтIылъащ, ухуеймэ. Сыкъыпхуеджэжынти», - щыжиIэм сригуфIащ. Сытегузэвыхьу псалъэ зырызурэ стхар макъ дахэкIэ зэпыщIауэ къыщигъэIум, гурыщхъуэ сигъэщIу, сыщIэупщIащ: «Мы узэджар пэжу а стхарат»? ТхылъымпIэр къысхуишийри, сигу игъэзэгъащ. Ар Хэкум къикIа егъэджакIуэхэм ящыщ Къербэч Маринэт. ФIыщIэ ин хузощI, абы къызжиIахэм я ужькIэ сигурэ си псэрэ зэрыгъуэтыжауэ, си анэдэлъхубзэм сыхуэмыIэзэми, си гурылъхэр нэхъ тегушхуауэ стхыным ар лъабжьэ хуэхъуащ. Иужьрей илъэситIым стхахэр зэхуэсхьэсыжауэ иджы зы тхылъ къыдэзгъэкIыну си мурадщ. Сэ хьэкъыу спхыкIащ уи анэдэлъхубзэм уримытхэжыфыным, уремыджэжыфыным гуауэ зэрыпылъыр.
Токъмакъ Айдын, Истамбыл къалэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2890.txt"
} |
Дунейм щыхъыбархэр
Нобэ
Энергиер зэгъэзэхуэным и дунейпсо махуэщ
Щэхуэным и дунейпсо махуэщ
Урысейм щагъэлъапIэ Экономистым и махуэр
Польшэм и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ
Япэ дунейпсо зауэр щиуха махуэщ. Ар екIуэкIащ 1914 гъэм бадзэуэгъуэм и 28-м къыщыщIэдзауэ 1918 гъэм щэкIуэгъуэм и 11 пщIондэ икIи къалъытэ къэрал нэхъыбэ дыдэ зыхэта зауэхэм ящыщу.
1837 гъэм Урысейм къыщызэIуахащ цIыхухэр къызэрырашэкI мафIэгухэр зэрыкIуэ япэ гъущI гъуэгур. Абы зэпищIэрт Петербургрэ Царское Село жылэмрэ.
1990 гъэм дунейм къытехьащ «Российская газета»-м и япэ къыдэкIыгъуэр.
1821 гъэм къалъхуащ урыс тхакIуэшхуэ Достоевский Фёдор.
1908 гъэм къалъхуащ полковник, Бэракъ Плъыжь ордену 6 зрата Шемякин (Къардэн) Михаил.
1917 гъэм къалъхуащ Совет Союзым и ЛIыхъужь, генерал-майор Къардэн Къубатий.
1920 гъэм къалъхуащ КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, балетмейстер Гальперин Григорий.
1937 гъэм къалъхуащ экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъМУ-м и профессор Жанджэрий Юрий.
1939 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъМУ-м и профессор, УФ-ми КъБР-ми мэкъумэш хозяйствэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, ЩIДАА-м и академик Хьэмыкъуэ Владимир.
1939 гъэм къалъхуащ спортым и мастер, Олимп Джэгухэм лыжэкIэ къызэдэжэнымкIэ щэнейрэ я чемпионкэ Боярских Клавдие.
1945 гъэм къалъхуащ Никарагуам и президент Ортегэ Даниэль.
1958 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Къэмбэчокъуэ Iэдэм.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 2 – 4, жэщым 1 градус щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
АнэIэкIэ къыгуэхи, анэгукIэ къызэт.
Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2891.txt"
} |
Зэрыщыуар къагурыIуэжащ
Къуалэбзухэм ящыщу псэущхьэ цIыкIухэр зи шхыныгъуэхэр зэтебукIэнкIэ Iэмал зэримыIэм щIэныгъэлIхэм куэд щIауэ дыкъыхураджэ. Ахэр щымыIэмэ, псэущхьэ узыншэхэм я Iуэхур екIэкIуэнущ, сыту жыпIэмэ, дэнэ щIыпIэ щымыщэкIуами, апхуэдэ къуалэхэм ягъэзащIэр санитар къалэнщ. Абыхэм я ерыскъыгъуэ нэхъыщхьэр псэущхьэ лIахэрщ. Псэухэм яхэуэн хуей хъуми, лъэрымыхьхэмрэ уз зэрыцIалэ зыпкърытхэмрэщ Iус яхуэхъур.
Зы къуалэбзу лIэужьыгъуэр гъэм и зэманым елъытауэ, зэм зэраныгъэ къыщишэ, зэми сэбэп щыхъу щыIэщ. Псалъэм и хьэтыркIэ, мацIэхэм сэрмэлычыр яхэзылъхьэ бжэндэхъу пшэплъыфэм жызумейхэр «щаухъуэнщI» куэдрэ къохъу.
Какаду фIыцIэхэм хуабжьу гугъу ирагъэхьу щытащ Австралием щыпсэухэр, уэздыгъей мэзхэр щагъэкI зэманым. Мин бжыгъэкIэ мэзым теуэурэ, шыкIуртIымхэр зэщIакъуэрт. Ауэ какадухэм шыкIуртIым жылэу яшхыр мащIэт, къэнар жыгхэм кърадзыхырт. ЩIым утету шыкIуртIым къэпщыпым нэхъ тынштэкъэ, жыгым удэпщейуэ ахэр къыпыпч нэхърэ? ЩIэныгъэлIхэм апхуэдэ чэнджэщ цIыхухэм зэрырат лъандэрэ, какаду фIыцIэм и Iуэху зэрахуэжкъым.
Колибри цIыкIухэр-щэ! Абыхэм лей мащIэ ятехьа, IэмыщIэ из фIэкIа мыхъу я фэ телъыджэхэр зыIэрагъэхьэным щхьэкIэ? Ахэр зэраукIар мин бжыгъэкIэрэщ, цIыхубз пыIэхэр ирагъэдэхэн папщIэ.
Пащтыхьбзур колибрим нэхърэ зэрынэхъ ин щIагъуэ щыIэкъым, ауэ абы зэран хъу хьэпIацIэу, гъудэбадзэу мелуани 8-м нэблагъэ илъэсым зэтреукIэ. Щунэфри (щIым щыгъуалъхьэ, хьэпщхупщрэ гъудэбадзэкIэ ерыщ, къабзий цIугъэнэ зытет къуалэбзу мыин) ахэм нэхърэ мынэхъыкIэу йолэжь хьэпIацIэхэр гъэкIуэдыным. Пэжщ, ар щыблэмыкIыф щыIэщ, абгъуэм джэдыкIэ илъу илъэгъуамэ, бзу шырхэм щахэIэби къохъу.
Дунейр яхуримыкъуу гупышхуэу къэзылъэтыхьу щыта тхьэрыкъуэшхуэхэр дэнэ щыIэ? Ахэм щIыпIэ хэха яIэтэкъым. Зэпымыууэ Iэпхъуэн, зы къэралым икIыу нэгъуэщI лъахэ лъэтэн – ара хуэдэт ахэр къызыхуигъэщIар. ЖаIэжыр, дей, мышхумпIей жыгхэр апхуэдэ тхьэрыкъуэ абгъуэхэм къакъутэу щытыгъауэ, а къуалэбзу иным щыщу уэгум ит гупышхуэхэм дыгъэр сыхьэт бжыгъэкIэ щыщIауфи къэхъуауэ, Америкэм и къалэ гуэрым тхьэрыкъуэхэр махуиплI енкIэ щхьэщылъэтыкIа хуэдэу, къалэдэсхэм абыхэм ещэкIуэн, ахэр яукIын фIэкIа нэгъуэщI Iуэху зэрамыхуауэ. АрщхьэкIэ, апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм дызыхуишар гущIыхьэщ: мы тхьэрыкъуэ лIэужьыгъуэхэм щыщу къэнэжа закъуэр I9I4 гъэм дунейм текIуэдыкIыжащ.
ЗыкIи нэхъыфIкъым псыбзу дамэншэхэм иращIари. Къуалэбзу пшэрхэр мин бжыгъэкIэрэ щаукIащ Франджым, Испанием, Скандинавием, Исландием, нэгъуэщI щIыпIэхэми. Иджы абы и фэ къуа нэхъ мыхъуми диIэжарэт жызыIэхэр мащIэкъым.
Китай мэкъумэшыщIэхэм къэралым бзу кърамынэжыну зэгуэр ягу иралъхьауэ щытащ, гъавэ куэдыIуэ Iисраф ящI жаIэри. Ауэ гъатхэр къэсри зэрыщыуар къагурыIуэжащ. Бзухэм зыхалъхьэ щыIэкъым цIыв-пэкIыхь цIыкIухэр яшхыну. А еIуящIэ жьгъейхэм щIымахуэр щIы щIагъым щрах, гъатхэр къызэрихьэу, мыIэрысей гулъхэр псэупIэ ящIри, я джэдыкIэхэр щагъэтIылъ, гулъ къэс 20-м нэс хуэзэу. Зэман докIри, ахэм цIыв балигъ къахохъукI. Бзууэ тIу фIэкIа хуейтэкъым жыг къэс, абы хищIа хьэпIацIэхэр зэщIакъуэну. Арати, бзухэр ежэу щызэтраукIа гъэм жыгхэм мыIэрысэ къапыкIакъым. Губгъуэхэми Iуэхур зыкIи щынэхъ щIагъуакъым: хьэпIацIэр мыбыи щыбэгъуат. Къуалэ цIыкIухэм лей ирахар мэкъумэшыщIэхэм я щхьэм къыщеуэжым, хамэ щIыпIэхэм бзу кърашын хуей хъуащ…
ТАБЫХЪУ Хьэзрит.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2892.txt"
} |
Белорус щIалэм адыгэбзэ зрегъащIэ
Ди республикэм цIыху къинэжа къыщIэкIынкъым Нэхущ Тимур нысашэхэм щигъэзащIэ «Бей къудэ, бей дан» псынщIэрыпсалъэр гукIэ зымыщIэ. Адыгэм ар къибжыфыр гъэщIэгъуэнт? Витебск щыщ белорус щIалэ Мыжевских Вадим ар зыгъэзащIэхэм зыкIи къакIэрыхуркъым.
Щхьэж и лъэпкъым фIэкIа имыцIыхутэмэ, и къэухьыр цIыкIуу, и хьэлри пхъашэу къэнэнкIи хъунт. ЩIэныгъэм и хьэтыр зылъагъум гъунэгъум деж щыщIэдзауэ жыжьэ щыпсэу хамэм нэс зрегъэцIыху, апщIондэху езыми зеужь. Илъэс зыбжанэ мэхъу Витебск дэт Музыкальнэ колледжым и студент Мыжевских Вадим кавказ лъэпкъхэм я щэнхабзэр зэрызэригъэцIыхурэ, псом хуэмыдэу ар итхьэкъуащ адыгэхэм ейм.
- Зэгуэр инстаграмым щызэбграх хъыбарыщIэхэм срижэурэ, Нэхущ Тимур и «Бей къудэ, бей дан» псынщIэрыпсалъэм срихьэлIащ, - игу къегъэкIыж ныбжьыщIэм. Си пщIыхьэпIэ къыхэхуакъым ар ягъэзащIэурэ зэIэпызыххэм сазэрыхыхьам Къэбэрдей-Балъкъэрым апхуэдизу цIэрыIуэ сыщищIыну. Сэ адыгэ лъэпкъым пщIэшхуэ хузощI, псом хуэмыдэу я щэнхабзэмрэ тхыдэмрэ щIыхь зэрыхуащIым къыхэкIкIэ. Нобэрей щIалэгъуалэм щыщу и щIыбагъкIэ зэплъэкIыжыр, езыр къызытехъукIа цIыхухэм я блэкIам егупсысу къэгъуэгурыкIуэр мащIэщ. Адыгэхэр щапхъэу къыщIэсщтар я нэхъыжьхэм къащIэнар яхъумэныр къалэну зэрызыхуагъэувыжырщ. Минск дэт лъэпкъ библиотекэм Къущхьэбий Анзор и тхылъ къыщызгъуэтащ адыгэхэм я тхыдэм теухуауэ. Унэм пхьыну къуатыртэкъыми, сыхьэт зыбжанэкIэ тхылъ хъумапIэм сыщIэсащ абы седжэу, фIыуэ слъэгъуа лъэпкъыр нэхъыфIу зэзгъэцIыхун папщIэ.
Вадим и насып кърихьэкIри, мыгъэрей гъэмахуэм «Славян бэзэр» дунейпсо фестивалыр Витебск щрагъэкIуэкIащ. Адрей лъэпкъхэми я гъусэу, абы хэтыну ирагъэблэгъат «Кабардинка» къэфакIуэ ансамблымрэ Кавказ Ищхъэрэм и республикитхум я цIыхубэ артист Нэхущ Чэримрэ. Вадим апхуэдэ Iэмал зыIэщIигъэкIынт? Куэдрэ мыгупсысэу, щIалэ жыджэрыр КъБР-м и лIыкIуэхэр зригъэцIыхуну «Iупхъуэ къуагъ» уэршэрым хохьэ. Ди республикэм цIыху куэд къинэжа къыщIэкIынкъым белорус щIалэм адыгэбзэкIэ псынщIэрыпсалъэ къыжьэдэлъэлъу Нэхущ Чэрим щыбгъэдэт видеоролик цIыкIур.
Мыжевских Вадим зэрыцIыкIурэ къэфэным дехьэх. Интернетыр къигъэщхьэпэурэ, абы адыгэ къэфэкIэми зригъэсэну мурад ищIащ. Куэд дэмыкIыу, абы Белорусием къыщигъуэта ди лъэпкъэгъу щIалэ Къармэ Алим и гъусэу «лъапэрисэр» игъэзэщIащ. Къафэм къыкIэлъыкIуащ виолончель IэмэпсымэмкIэ игъэзэщIа «Адыгэ нысэр». ГъэщIэгъуэнращи, Вадим адыгэхэм я щэнхабзэр зэрызэригъэцIыхур музыкэмрэ къафэхэмкIэщ, абыхэм ятеухуауэ къеджэ къудей мыхъуу, зытепсэлъыхьым зригъасэурэщ. Иджыблагъэ щIалэм адыгэбзэ зэримыгъащIэу мыхъуну игу къэкIащ.
- Уэрэдхэр зэзгъэцIыхуну сыщыпэрыхьэм, бзэр сымыщIэу жыжьэ сызэрынэмысынур къызгурыIуащ. ФIыщIэ яхузощI чэнджэщэгъу къысхуэхъу зэпыт Битокъу зэкъуэшхэу Беслъэнрэ Науркъанрэ. Абыхэм бзэм и щэху сэр-сэру зыгурызмыгъэIуэфынухэм щыгъуазэ сащI. ЗэкIэ зи ужь ситыр къэбэрдей диалектырщ, абыкIэ дэIэпыкъуэгъу къысхуохъу Шэджэм щыщ Щад Заур. Ари щызэзгъэцIыхуар интернетырщ, - жеIэ Вадим.
Белорус щIалэм и хъуэпсапIэ нэхъыщхьэр - Налшык къэкIуэнырщ. Абы бысым хуэхъунухэм зэкIэ япэ итыр лъэпкъ дауэдапщэхэр нэгъэсауэ езыгъэкIуэкI Битокъу Науркъанщ.
- СфэфI дыдэу Вадим Налшык щызгъэхьэщIэнущ, - жеIэ езы Науркъани. Ди шхыныгъуэхэр Iузгъэхуэну, ди нысашэхэм хэзгъэплъэну сыхуейщ. Вадим зэчий зыбгъэдэлъ щIалэщ, абы къыхэкIыу, IэщIагъэм и IуэхукIи жыжьэ нэсыну къысщохъу.
«Кабардино-Балкарская правда» газетым къитхыжащ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2893.txt"
} |
И IУГЪЭГЪУРИ, И IУТIЫЖРИ ЗЭПЫЛЪЩ
«ХьэтІохъущыкъуеймэ, псэлъапщІэ ефт», жыхуаІэ жыІэгъуэр куэдым ящІэ щхьэкІэ, и тхыдэм щыгъуазэр мащІэнкІэ хъунущ. Іуэхур къызэрекІуэкІа дыдэр хэти жиІэжыфын, ауэ, къызэраІуэтэжымкІэ, ХьэтІохъущокъуэхэ я гуащэнанэм къуажэм сабийуэ къыдэхъуэм зэрырагъэхъуэхъур зэхэзыха Наурызхэ я гуащэнанэм ар жиІащ, жаІэ: «Сыт гъэщІэгъуэну хэлъ, нану къалъху къэс а зы хъуэхъубзэр хузэкІэлъыбгъэІужыным». Іуэхур зытетыр нэгъуэщІт. ХьэтІохъущокъуэхэ я гуащэнанэр зрагъэхъуэхъуну сабийм къызэкъуипхъуэту зэи ехъуэхъуртэкъым, сыт щыгъуи махуищ пІалъэ къаІихырт лъэІуакІуэхэм. Ар абы апхуэдэу щІищІэри, хэплъыхьауэ, нэхъапэкІэ дахэ зыжриІа сабийм хуигъэфэща псалъэхэм къытримыгъэзэжу, щІэщыгъуэу, гуимыхужу псалъэ зэрызэпигъэувэрат. Наурызхэ я нанэм а псор щыжраІэм, апхуэдэ адыгэбзэ ХьэтІохъущокъуэхэ яхузэгъэпэщыну фІэщщІыгъуейщ, жиІащ, жаІэ.
Арати, Ислъэмей Мэршэнкъулхэм ящыщу Пагуэ и цІэу зы лІыжь губзыгъэ къуажэм дэсти, ХьэтІохъущыкъуей Мэршэнкъулхэм я нэхъыжьхэр къакІуэри къелъэІуащ: «Ягъэ кІынкъым, дэ зыгуэр жытІэмэ, щхьэщытхъу ттеІукІынщ, пэжым и телъхьэу къэуви, Наурызхэ я гуащэнанэм тхуепсалъэ», жаІэри. «СыткІэ и фІэщ сщІыну сэ мыр?» жиІэу Мэршэнкъул Пагуэм чэнджэщ къыщыхилъхьэм, тхьэмахуэкІэ сабииблым ХьэтІохъущокъуэхэ я гуащэнанэм яхузэхилъхьа хъуэхъуиблыр хузэкІэлъагъэкІуауэ жаІэ. Щыхьэту бгъэувмэ, я псалъэр цІыхум къабылу ящтэну Мэршэнкъул Пагуэ тхьэмадэ зыхыбл гъусэ ищІри, Наурызхэ я нанэм деж къакІуэри, ХьэтІохъущокъуэхэ я гуащэнанэм къыщыжу хуежьащ. «Си фІэщ хъункъым зэхэзмыхауэ», щыжиІэм, и арэзыныгъэ зригъэгъуэтри, щызэпыу къыхэкІыу, махуиблкІэ ХьэтІохъущокъуэхэ я адыгэбзэр Пагуэм Наурызхэ я фэм зыдигъазэу иригъэдэІуауэ жаІэ. Абдежым и зэгуэпыр ирикъухри, Наурызхэ жаІауэ аращ яІуэтэжыр: «Ире-ХьэтІохъущокъуэ, ире-ХьэтІохъущыкъуей, Тхьэм деж уплъэмэ, и псэлъапщІэр ефт, мыпхуэдиз дахэм фІыгъуэр дауэ сабийм къызэрыхудэмыкІуэнур?» – жиІэри. Абдеж къыщегъэжьауэ, нэчыхьытх хъуарэ псалъэр ХьэтІохъущыкъуейм щыщмэ, псэлъапщІэ ефт, зыкъыфтрифыщІэжынущ, жаІэ.
Апхуэдэщ адыгэбзэм и гуащІэр.
Алмэстыр зи кIэпкъым пыс нэхъей – сытми щыщтэ хъыджэбз танэм щхьэкIэ гушыIэу жаIэ псэлъафэщ.
Бгъэчэф хъун – цІыхум и плІэр къеуфэхарэ лалэ хъуамэ, жаIэ.
БзэгуIуантIэ – КъурIэн егъэджэкIэ хабзэхэм щыщщ. КъурIэным щыщу ныбжьыщIэр «Аль-Бурудж»-кIэ зэджэ 85-нэ сурэм щынэскIэ, и бзэгур хуэкъутэн хуейщ жаIэрти, бзэгуIуантIэ хуащIырт. Ар зэрыщытыр мырат: хэдыкIи, тхыпхъэтеди, къэдыхьи хэмыту щэкI хужьыбзэ къагъэхьэзырырт, апэситI къыщIагъужырти, къуажэм и ефэндым деж екIуалIэрт, щIалэр «Уэ сэма изатил бурудж»-м нэсащи, и бзэгур схуэIуантIэ жаIэу. Ефэндым андез ищтэрти, сабийм япэщIыкIэ щэкI кIапэр бзэгум и хъуреягъкIэ къригъэкIуэкIырти, бзэгущхьэмкIи бзэгущIэмкIи апэсы зырызыр тригъэзэгъа-щIигъэзэгъа иужь, етIуанэу къэна щэкI кIапэр трипIэжырт. Ар IэпитIкIэ имыкъузыщэу зэтриубыдэрти, ныбжьыщIэ цIыкIум «Уэ сэма изатил бурудж» псэлъафэр зыбжанэрэ жригъэIэрт.
БзэгуIуантIэ щыхъукIэ, къэин щыхьэтхэр щытт, зи бзэгу яIуантIэм лъэныкъуитIымкIи и анэшхуэхэр, псэумэ, щытт. IуэхугъуитI къызэдиубыдт абы: япэрауэ, къэпсэлъыкIэр къабзэ, шэщIа хъун щхьэкIэ и бзэр абы хуакъутэрт; етIуанэрауэ, «къаин щыхьэт» жыхуаIэр зи бзэгу яIуантIэм и ныбжьэгъу-лъэгуажьэгъу сабийхэрат: мо тэрэзу къэзымыпсэлъыф, зи бзэгупэр яIыгъым псалъэхэр бзэгурэфым хуэдэу къызэрипсэлъым щхьэкIэ щыдыхьэшх, ауан ящIу къеплъакIуэхэрт. Абы иримыгубжьу зызэтриубыдэфмэ, ныбжьыщIэр зэреджам хуэдэу щэныфIэ, шыIагъэ хэлъу къэхъунущ, жаIэрт. Хабзэр нобэр къыздэсам зэрахьэ, мыин дыдэми, тхьэлъэIу пылъу, хъуахъуэу унагъуэм щызэхэсхэщ.
БэрэIущ – и ныбжь нэмысауэ Iущыгъэрэ зэхэщIыкI инрэ къызыкъуэкIым щхьэкIэ жаIэ, Iущ я Iущыж, жыхуэпIэным хуэдэр къикIыу.
Гуарэ – дэтхэнэ зы Iуэхуми и кIуэрабгъурэ щIапхъэмкIэ сыт щыгъуи псэлъакIуэ пхуэхъуну, ауэ ар гъэкIуэтэнкIэ хэзылъхьэн щымыIэ цIыхум щхьэкIэ жаIэ. Псалъэр Щоджэнхьэблэм щыщхэм зэрахьэ.
Гуастэрэ Бастэрэ зопсалъэ – сыт хуэдиз зэжрамыIэми, зэгурыIуэркъым, жыхуиIэщ. Зэгъунэгъуу псэууэ лIыжьитI дэсащ ХьэтIохъущыкъуейм, я цIэ дыдэр яIэщIэхужри, Гуастэрэ БастэкIэ еджэ хъуауэ. А тIум я зэдауэ мыухыжым къытекIа псалъэщ.
Гундэлэн хэцIывэжащ – умыгъуэтыжыну кIэбгъу зищIащ, жыхуиIэщ. Нобэ мы псэлъафэр пхэнжу къызыгурыIуэ щыIэщ, дауэ Гундэлэн узэрыхэцIывэжынур, жаIэу. Ар къызыхэкIыр «Гундэлэн» фIэщыгъэр иджы щыIэхэм нэхъыбэу зэрацIыхур псыцIэущи аращ. АрщхьэкIэ упхрымыкIыфыну мэз Iув екIэкI иIащ а Гундэлэныпсым, Гундэ Елэн и мэзкIэ еджэу. Арат зыхэцIывэжыр, иужькIэ къэпсэлъыкIэм теухуауэ псалъэм мащIэу зызэблихъуа хъуами.
ГутIэ – сытми къигъэмахэу, сытми хуэгущIэгъущIу щытым щхьэкIи, езы щытыкIэм щхьэкIи жаIэ. «Мыпхуэдизу умыгутIэ, упэлъэщынукъым», жаІэу зэхэпхынущ. Гухэмрэ гутIэмрэ я мыхьэнэкІэ зэпэблагъэ дыдэщ, ауэ зэщхьэщыкIыныгъэ мащIэ гуэри хэлъщ. Гухэр куэд зигу темыхуэ, цIыху гумахэу зы пIалъэ гуэркIэ щытрамэ, гутIэр а щытыкIэм куэдрэ имыкIыу итращ.
Гъуэгубгым нэсын – гъуэгу ныкъуэр зэпычын, жыхуиIэщ.
Дахэрыжьэ – щабэ дыдэу ягъажьэ, гъуэжь дахэу къищIыкI тхъурыжьым (джэдыкIэрыпщым) щхьэкIэ апхуэдэу жаIэ.
Дахэрыжьэр матэгъажэм халъхьэртэкъым, ар благъэзэгъэцIыхуми яхьыртэкъым, «нысэ Iусщ», жаІэри нысащIэм щхьэкIэ ягъажьэу арат. Унэишэ хъуарэ нысащIэм IэплIэ ирашэкIыну бгъэдашэ нанэхэм и нэгур зэлъыIухауэ Iуплъамэ, «Зи гъащIэр дахэ хъун, дахэрыжьэ зыIухуам ухуэди», жаIэ хабзэщ. Щоджэнхьэблэм къахьыжа псалъэщ, ауэ зэры-ХьэтІохъущыкъуейуэ зэрахьэ.
Дыщэ щIэгъэплъ / дыжьын щIэгъэплъ – дыщэр е дыжьыныр зэрыдыщэ нэсыр е зэрыдыжьын нэсыр къызэрапщытэ щIыкIэм зэреджэр аращ.
Емыгъэз амбар – тхьэмыщкIэхэм, дэхуэхахэм зызэрыщIагъакъуэ Iуэхугъуэщ. ХьэтІохъущыкъуей къуажэкум хуэзэу шыкуэтэн лъагэ щIэту дуушхуэ ягъэувырти, хэт сыт хузэфIэкIми, ар ирехьэжыгъэ, ирегуэдз, сыт ирехъуи, пIалъэ кIэщIкIэ зэмыкIуэкIыну гъавэхэкIхэм щыщ кърахьэлIэрт. Къуажэм щыщми, нэгъуэщIыпIэ къикIами, хуэныкъуэр абы хэIэбэу къыхихыну хуиту щытащ. ХузэфIэкI хъумэ, къыхилъхьэжыну хьэкъ иIэт, ар къехъулIэну къимыгъэгугъэми, хьэлэл хуащIырт.
Жьэгумэгъу – мафІэр зэхэкІыжу къэна яжьэм зыгуэрхэр иратхъэурэ хъыджэбзхэр плъэрт, я насыпыр зыхуэдэ къащІэну. Яжьэр зэрыщэщрэ и пІэм имызагъэу тхыпхъэ традзэхэр хэгъуэщэжмэ, а тхыпхъэр тезыдзэм и насыпыр иджыри къэмысауэ къалъытэрт.
Забураджэ – сыхьэт бжыгъэкIэ зэпашу члисэхэм къыщIэIукI тхьэлъэIу уэрэдхэм щхьэкIэ аращ жаIэ. Псалъэр нобэми зэрахьэ.
«Адыгэ псалъэ» газетым и щIэныгъэ обозреватель.
ТАБЫЩ Мурат,
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2894.txt"
} |
Нобэ
♦ФIагъым и дунейпсо махуэщ
♦Пневмонием (тхьэмбыл узым) ебэныным и дунейпсо махуэщ
♦Урысейм и ХъумапIэ банкым и лэжьакIуэм и махуэщ
♦Урысейм шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщынымкIэ и IэщIагъэлIым и махуэщ
♦Азербайджан Республикэм и Конституцэм и махуэщ
♦гъэм Урысейм и ГербыщIэр - щхьитI зыфIэт бгъэр зытетыр - къащтащ.
♦1803 гъэм император Александр Езанэм и унафэкIэ Карамзин Николай «урысей тхыдэтхыу» ягъэуващ.
♦1860 гъэм США-м и щэхурылажьэ IуэхущIапIэр къызэрагъэпэщащ. ЯпэщIыкIэ абы и къалэну щытар доллар нэпцI къыщIэзыгъэкIхэм ебэнынырт.
♦1917 гъэм Петроград дэт ЩIымахуэ уардэунэр Къэрал музейуэ къалъытащ.
♦1982 гъэм КПСС-м и ЦК-м и Секретарь нэхъыщхьэу хахащ Андропов Юрий.
♦1986 гъэм Москва къыщызэрагъэпэщащ СССР-м ЩэнхабзэмкIэ и фондыр (иджыпсту Урысейм ЩэнхабзэмкIэ и фондырщ). Абы и унафэщIу ягъэуват Лихачёв Дмитрий.
♦1833 гъэм къалъхуащ урыс композитор, химик Бородин Александр.
♦1935 гъэм къалъхуащ совет, урысей актрисэ, уэрэджыIакIуэ, СССР-м и цIыхубэ артисткэ Гурченкэ Людмилэ.
♦1936 гъэм къалъхуащ пианисткэ Iэзэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Бэрсокъуэ Еленэ.
♦1937 гъэм къалъхуащ Иорданием щыщ къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ, философием и доктор, профессор, ЩIДАА-м и академик, томий хъу «Адыгэ тхыдэ щIэнгъуазэр» хьэрыпыбзэкIэ къыдэзыгъэкIа Бацэжь (Мамсыр) Мухьэмэд-Хъер.
♦1960 гъэм къалъхуащ къэрал къулыкъущIэ, УФ-м ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министру щыта, къэралым и Къэзыбж палатэм и аудитор Мень Михаил.
♦1982 гъэм къалъхуащ урысей биатлонист, дунейм хэнейрэ и чемпион хъуа, Олимп Джэгухэм жэз медаль къыщызыхьа, УФ-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер Чудов Максим.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 7 - 8, жэщым градус 1 - 2 щыхъунущ.
Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2895.txt"
} |
Subsets and Splits