text
stringlengths 11
353k
| meta
dict |
---|---|
«Илъэсым и егъэджакIуэ-2021» зэпеуэм и лауреат Къущхьэ Каринэ
Дон Iус Ростов къалэм дэт 11-нэ Лицейм «Урысейм и илъэсым и егъэджакIуэ-2021» зэхьэзэхуэм и япэ Iыхьэр щызэхуащIыжри, лауреатхэм я цIэр къыщраIуащ фокIадэм и 25-м. Япэ ит цIыху 15-м яхэтщ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ егъэджакIуэ Къущхьэ Каринэ.
Май мазэм екIуэкIа «Илъэсым и егъэджакIуэ-2021»-м и щIыналъэ Iыхьэм щытекIуа нэужь, Къущхьэ Каринэ хагъэхьащ Урысейм и утыкушхуэм и къару здынэсым щеплъыжыну егъэджакIуэ 85-м. Лэжьэн зэрыщIидзэрэ илъэситху фIэкIа мыхъуа пэтми, Щхьэлыкъуэ щыщ, Май къалэм и 5-нэ школым инджылызыбзэр щезыгъэдж хъыджэбзыр япэ ища 15-м хэхуащ.
Зи цIэ къраIуа егъэджакIуэ пщыкIутхум къапэщылъщ иджыри зэхьэзэхуищ. «Класс сыхьэтымрэ», «Мастер-класс»-мрэ зэфIэкIа нэужь, жэпуэгъуэм 4-м екIуэкIынущ «Илъэсым и егъэджакIуэм и пресс-конференц» зыфIаща зэпеуэр. Ар къыщызэIуахынущ Мэзкуу дэт «Урысейр нобэ» («Россия сегодня») хамэ къэрал агентствэм и пресс-IуэхущIапIэм. Пресс-конференц жыпхъэм иту къызэрагъэпэщыну зэIущIэм егъэджакIуэхэм упщIэ къыщратынущ адэ-анэхэм, сабийхэм, студентхэм, журналистхэм.
«Мы зэпеуэм сызэрыхэтар Iэмал телъыджэ схуэхъуащ си егъэджакIуэ зэфIэкIыр здынэсми сеплъыжын, си лэжьэгъухэм къабгъэдэсхыну Iэзагъми нэIуасэ сыхуэхъун папщIэ, - жеIэ езы Каринэ. - ЩIэныгъэр щыхагъахъуэ курс щIэгъэхуэбжьа схуэхъуауэ жыпIэ хъунущ зэхьэзэхуэр. Шэч къытесхьэркъым ар адэкIи къызэрысхуэсэбэпынум, абы утрегъэгушхуэ IэщIагъэм сыт и лъэныкъуэкIи зыщыбузэщIыным ухущIэкъуным. Си гуапэщ мыбы сыкъызэрыщыхутари, республикэм зэрыхуэфэщэну и цIэр згъэIуну Iэмал зэрызгъуэтари».
Къущхьэ Каринэ Арсен и пхъур Щхьэлыкъуэ къуажэм къыщалъхуащ. Налшык дэт педколледжыр къиуха нэужь, Каринэ и щIэныгъэм щыпищащ Псыхуабэ дэт лингвистическэ университетым, иужькIэ - КъБКъУ-м. Инджылызыбзэр езыгъаджэ, сабиитI зыпI щхьэгъусэ насыпыфIэр иджыри урымыбзэмрэ испаныбзэмрэ иропсалъэ. И ехъулIэныгъэм и щхьэусыгъуэу къалъытэр хъыджэбзым увыIэгъуэ имыIуэ и щIэныгъэм зэрыхигъахъуэрщ.
ЧЭРИМ Марианнэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2621.txt"
} |
ДУНЕЙМ ЩЫХЪЫБАРХЭР
♦ЦIыхубэм я дежкIэ Хьэрш лъэхъэнэм щыщIидза махуэщ, Астронавтикэм и дунейпсо федерацэм 1967 гъэм игъэувауэ. 1957 гъэм жэпуэгъуэм и 4-м СССР-м дунейм щыяпэу ЩIым и IэрыщI спутникыр хьэршым иутIыпщащ.
♦Хьэршым и дунейпсо тхьэмахуэщ
♦Псэущхьэхэр хъумэным и дунейпсо махуэщ
♦Урысейм и Дзэ-Хьэрш къарухэм я махуэщ
♦УФ-м и МЧС-м граждан зыхъумэжыныгъэмкIэ и дзэхэм я махуэщ
♦1904 гъэм къызэрагъэпэщащ «Гётеборг» (Швецие) футбол командэр.
♦1910 гъэм Португалиер республикэ зэрыхъуам теухуа унафэ къащтащ.
♦1916 гъэм и лъабжьэр ягъэтIылъащ Романов-на-Муроме къалэм. Совет властыр ува нэужь абы и иджырей цIэр - Мурманск - фIащащ. 1985 гъэм абы Къалэ-ЛIыхъужь цIэр фIащащ.
♦1921 гъэм РСФСР-м и Къэрал банкыр къызэрагъэпэщащ.
♦1957 гъэм СССР-м хьэршым иутIыпщащ ЩIым и япэ IэрыщI спутникыр.
♦1964 гъэм Москва къыщызэIуахащ «Хьэршым нэсыфахэм я щIыхькIэ» зыфIаща фэеплъыр.
♦1976 гъэм Ипщэ Уралым щыяпэ еджапIэ нэхъыщхьэр - Челябинск дэт къэрал университетыр - къызэIуахащ.
♦1986 гъэм «Iуащхьэмахуэ лъапэ» къэрал лъэпкъ паркыр къызэрагъэпэщащ.
♦1816 гъэм къалъхуащ франджы усакIуэ, политик, «Интернационал» гимным и псалъэхэр зытха Потье Эжен.
♦1895 гъэм къалъхуащ совет тIасхъэщIэх цIэрыIуэ Зорге Рихард.
♦1916 гъэм къалъхуащ совет физик, академик, Нобель и саугъэтым и лауреат Гинзбург Виталий.
♦1925 гъэм къалъхуащ совет режиссёр, актёр, сценарийхэр зытх, СССР-м и цIыхубэ артист, Урысей Федерацэм и Къэрал саугъэтыр зрата Хуциев Марлен.
♦1957 гъэм къалъхуащ журналист, «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэ Къумахуэ Аслъэн.
♦1968 гъэм къалъхуащ «Адыгэ псалъэ» газетым жэуап зыхь и секретарь Къаншокъуэ Эллэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, пIалъэ-пIалъэкIэрэ уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 17 – 18, жэщым градус 12 – 13 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Гупсыси псалъэ, зыплъыхьи тIыс.
Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2622.txt"
} |
ЗэгурыIуэныгъэм къыхуезыджэ лэжьыгъэ
Лъэпкъ зэхущытыкIэхэр джынымрэ абы епха Iуэхухэр егъэфIэкIуэнымрэ Куэцэ Елбэрд пасэу дихьэхащ, бзэхэр щаджу Пятигорск дэт къэрал университетым (ПГЛУ) 2009 – 20I4 гъэхэм щыщIэса зэманым. Иджыпсту ар КъБР-м Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министерствэм и къудамэм и IэщIагъэлI-эксперт нэхъыщхьэщ. 2015 гъэм къыщыщIэдзауэ лъэпкъ Iуэхухэмрэ дин IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ хуэунэтIа лэжьыгъэхэр щIалэм ирегъэкIуэкI.
Елбэрд ящыщщ зи къэухьымрэ щIэныгъэмрэ зэпымыууэ хэзыгъахъуэ цIыхухэм. 2010 гъэм ар Лондон дэт St.Giles колледжым бзэхэр джыным теухуауэ стажировкэ щыIащ. ПГЛУ-м Къэрал, муниципальнэ Iуэхухэр зехьэнымкIэ и къудамэм щыщеджэ зэманым ар мазэкIэ щыIащ Америкэм и Штат Зэгуэтхэм и Небраскэ штатым дэт Hastings колледжым. Лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм къыхэкIахэр зэрызэдэгъуэгурыкIуэр джыным Куэцэм адэкIи пищэн мурад иIэти, а IуэхухэмкIэ нэхъыфI дыдэу Кавказ Ищхъэрэм къыщалъытэ егъэджакIуэ Аствацатуровэ Майе зыпищIэри, и диплом лэжьыгъэр, Псыхуабэ къалэм лъэпкъ зэхущытыкIэхэр зэпIэзэрыт щыщIынымрэ лъэпкъ Iуэхухэм зыщегъэужьынымрэ теухуар, абы и деж щитхащ.
А псом къадэкIуэу, щIалэр гъуазджэми, тхыдэми, щэнхабзэми дихьэхырти, 2011 гъэм заочнэу ар щIэтIысхьэжащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ университетым дизайнымкIэ и факультетым.
IэщIагъэ зригъэгъуэта нэужь, Елбэрд и зэфIэкIхэм КъБР-м Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министерствэм мазэ зыбжанэ къыщыкIэлъыплъри, къулыкъу къыхуагъэфэщащ. 20I8 гъэм КъБР-м Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым епхауэ аспирантурэр къиухащ, иджыпсту и диссертацэ лэжьыгъэм йолэжь. Ар теухуащ XX лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэмрэ XXI и пэщIэдзэмрэ Тыркум хэхэс щыхъуа адыгэхэм я щэнхабзэр къызэрекIуэкIам.
20I7 гъэм къыщыщIэдзауэ илъэсищкIэ Куэцэр КъБР-м и ЩIалэгъуалэ правительствэм граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министру щытащ. Апхуэдэуи къэрал IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм я профсоюзым и щIалэгъуалэ советым ар хэтщ, лъэпкъ Iуэхухэмрэ дин зэхущытыкIэхэмкIэ республикэ комиссэм и секретарщ, Кавказ Ищхъэрэм къыщызэрагъэпэщ зэхыхьэ куэдым - ахэри лъэпкъ, дин, политологие Iуэхухэм епхауэ - щIэх-щIэхыурэ ирагъэблагъэ.
Куэцэр «Зэныбжьэгъугъэм и гъуазэхэр - ТекIуэныгъэм и махуэр псом иди зэхуэдэщ» урысейпсо Iуэхум (ди республикэм мы гъэм ещанэу щрагъэкIуэкIащ) и щIыналъэ координатору щытащ. Министерствэм и проект нэхъ цIэрыIуэ дыдэхэм ящыщу ирагъэкIуэкI «Зэныбжьэгъугъэ» Iуэхум ар хэтщ.
- Ди гуапэ зэрыхъунщи, нобэ ди республикэм лъэпкъ зэхущытыкIэхэр щызэпIэзэрытщ. Ар къагъэлъагъуэ илъэс зыбжанэ хъуауэ зэкIэлъыпыту екIуэкI социологие къэхутэныгъэхэм. Къэбгъэлъагъуэмэ, зэупщIахэм я процент 90-м апхуэдэ еплъыкIэ яIэщ икIи я гъунэгъу лъэпкъхэм тэмэму зэрахущытыр жаIащ, - къыхегъэщ Куэцэм. - Абы щыгъуэми мы Iуэхур зи пщэ дэлъ ди IуэхущIапIэм хуэдэхэр федеральнэ мыхьэнэ иIэным и мызакъуэу, щIыналъэхэми щылэжьэн зэрыхуейм шэч хэлъкъым. Куэдрэ урохьэлIэ гугъуехь зыIууахэр лъэпкъ Iуэхум хуагъэкIуэжу. Динымрэ лъэпкъ зэхущытыкIэхэмрэ я мыхьэнэр дэтхэнэ цIыхуми и дежкIи щхьэхуэщ, а тIум я гъунапкъэр зэхегъэщIыкIыным мыхьэнэшхуэ иIэщ. Лъэпкъ зэхущытыкIэхэм уелэжьын щхьэкIэ Iэмал имыIэу тхыдэм фIыуэ хэпщIыкIын, ар къыбгурыIуэн хуейщ. Сыту жыпIэмэ, щытыкIэр зэхагъэзэрыхьын щхьэкIэ и нэхъыбапIэм къагъэсэбэпыр а Iэмалращ - блэкIар мызахуэу къыщIрагъэдзыныр. Къапщтэмэ, иджыпстуу нэрылъагъущ къэралым исхэр нэхъыфIу зэхущыт зэрыхъуар. Кавказым щыпсэухэр къапщтэмэ, илъэси I0 ипэкIэ абыхэм ятеухуауэ яIа еплъыкIэхэм нобэ куэдкIэ зихъуэжащ. Ар и фIыщIэщ щIыналъэ унафэщIхэри мы Iуэхум жыджэру зэрелэжьым.
БАГЪЭТЫР Луизэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2623.txt"
} |
Уэгур зыгъэбжьыфIэхэр
(къыпыдощэ Къашыргъэ Назир зэхуихьэсыжа вагъуэцIэхэм)
Вагъуэдамэпс – Лебедь вагъуэ гупым щыщ Iыхьэщ. Дамэпсыр фэ кIапсэщ, гъущI тхьэгъу хъурей цIыкIу дамэкъуэр икIыу и кIапэм пыщIауэ, выр бжьым ирищIапхэу. Вагъуэдамэпсыр экваторым и ищхъэрабгъумкIэ щыIэщ, абы уIуоплъэ къыум и пщэмрэ и дамэмрэ иукъуэдияуэ есу хьэуам хэт хуэдэу. Вагъуэ гупыр IупщIу уолъагъу мэкъуауэгъуэ – щэкIуэгъуэ мазэхэм.
Гъэмахуэ Гублащхьэдэсэ – Треугольник вагъуэ гупырщ. Зэпэщимэу щыт вагъуэхэр гублащхьэдэсэм ирагъэщхьауэ аращ.
ВагъуэкIапсэ - Андромеда вагъуэ гупым щыщу зэкIэлъыкIуэу узыIуплъэ вагъуэ наIуиплIымрэ Большой Квадрат вагъуэ гупым ящыщ вагъуитIрэщ. Вагъуэгублащхьэдэсэмрэ ВагъуэкIапсэмрэ гупсэхуу уолъагъу фокIадэ – щIышылэ мазэхэм. Жэпуэгъуэм и 24-м къыщыщIэдзауэ щэкIуэгъуэм и 23-м нэсыху дэлъ зэманым щIым елэжьхэр Мэкъушэжыгъуэ мазэкIэ еджэрт.
Вагъуэбэ – Дельфин вагъуэ гупырщ. Вагъуэбэ псалъэм къыбжеIэ ахэр куэд зэрыхъур. Мы вагъуэ гупыр Iуву зэхэтщ, я бжыгъэр 30 мэхъу. Вагъуэбэр щIым и экваторым и ищхъэрабгъу лъэныкъуэмкIэ щыIэщ. Мэкъуауэгъуэ мазэм и кIэм уи щыгу дыдэм иту уолъагъу.
Вагъуэур – Дубинка Ориона. Урыр зи кIапэм токъмакъ фIэс бжэгъу кIэщIщ, удын хьэлъэ ирадзу. Орион иIэта урым (дубинкэм) ирагъэщхь мы вагъуэ гупым къагъэхъу сурэтыр. Аращ Вагъуэур щIыфIащари.
Вагъуэшабзэ (ВагъуэмэIу) – Щит Ориона. Орион иIыгъ мэIум (щитым) шабзэм ещхьу уIуоплъэ. Шабзэ сурэт къэзыгъэхъу а вагъуэхэм ВагъуэшабзэкIэ йоджэ.
ВагъуэлIыжьбаш – Орион и бгырыпхымрэ и джатэмрэ къызэщIаубыдэ вагъуэ зыщыплIырщ. ЛIыжь башым ещхь сурэт къэзыгъэлъагъуэ вагъуэхэм зэхэту зэреджэр ВагъуэлIыжьбашщ. Вагъуэ гупыр IупщIу уолъагъу дыгъэгъазэ - гъатхэпэ мазэхэм.
Журтыр хьэм езыгъэшха вагъуэ – Большой Пес вагъуэ гупым щыщ Сириусым апхуэдэу йоджэ. ЩIымахуэм абы нэхърэ нэхъ ину плъагъу вагъуэ уафэм искъым. ЩIымахуэ пщыхьэщхьэм уафэм япэ къиувэр Сириус вагъуэшхуэрщ. Сириус вагъуэм теухуауэ мыпхуэдэ хъыбар щыIэщ. ЩIымахуэ жэщым журт гуэр и унэм къыщIэкIри уафэм дэплъеящ. Нэху щымэ, гъуэгу теувэн хуейуэ арати, уэгум щилъагъу вагъуэшхуэр Нэхущвагъуэрауэ къилъытэри ежьащ. АрщхьэкIэ, иджыри жэщыбг фIэкIа мыхъуауэ къыщIэкIри, журтыр дыгъужьым ишхащ. Мы хъыбарыр къыщежьа зэманым къыщыщIэдзауэ Сириусым Журтыр хьэм езыгъэшха вагъуэкIэ еджэ хъуащ.
Вагъуэпхъэщку – Телец вагъуэ гупым хыхьэхэм ящыщу Плеяда жыхуаIэ вагъуихырщ. Ар ирагъэщхь мэкъугу зэракъуз фэ кIапсэшхуэм и кIапэм пыщIа пхъэщкум. Шогуэгъагъ вагъуэм хуэдэу, ВагъуэпхъэщкумкIи цIыхум и нэм тэмэму илъагъурэ имылъагъурэ къращIэу щытащ. Вагъуэпхъэщкур IупщIу илъагъумэ, цIыхум и нэхэм лажьэ ямыIэу ягъэувырт.
Вагъуэдамэкъуэ – Малый Пес вагъуэ гупым щыщщ. Выр гум щыщIащIэкIэ бжьым иIэ гъуанэм ирагъэж дамэкъуэм ирагъэщхьри, а цIэр фIащауэ аращ. Мы дамэкъуэм и дамэкъуащхьэр Процион вагъуэрщ. Вагъуэдамэкъуэр – экваторым и ищхъэрабгъу вагъуэ гупщ. Малый Песыр гупсэхуу уолъагъу дыгъэгъазэ – накъыгъэ мазэхэм.
Вагъуэарэфыпс – Рис вагъуэ гупырщ. Мы вагъуэхэр зрагъэщхьа арэфыпсыр фэ кIапсэшхуэм нэхърэ нэхъ кIэщIщ икIи нэхъ псыгъуэщ, пхъэщку пыщIауэ. АрэфыпсымкIэ иракъуз мэкъугупхэмрэ мэкъугуплIэмрэ. Вагъуэарэфыпсри экваторым и ищхъэрабгъу вагъуэ гупщ. Рисыр гупсэхуу уолъагъу щIышылэ - накъыгъэ мазэхэм.
Зыгъэхьэзырар НэщIэпыджэ Замирэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2624.txt"
} |
«Бахъсэн» газетым зэпеуэ зэхеублэ
«Бахъсэн» газетым 10-11 классхэм щIэс ныбжьыщIэхэм папщIэ журналист лэжьыгъэхэм я зэпеуэ зэхеублэ. Ар ирырагъэхьэлIащ къалэм цIыхухэм зыщагъэпсэху, «Мамырыгъэмрэ щэнхабзэмрэ и парк» къызэрыщызэIуахынум.
«Дэ ди мурадщ журналист IэщIагъэм цIэщIэхэр къыщызэIутхыну, къалэмыр зыгъабзэхэм гъуэгу еттыну, абы къыдэкIуэуи, ныбжьыщIэ къыдэкIуэтейхэр щIыуэпсым щысхьу, къалэм дащIыхь ухуэныгъэхэм, ар зэрырагъэфIакIуэ IэмэпсымэщIэхэм хуэсакъыу едгъэсэну», - дыкъыщоджэ газетым зэбгритыкIа хъыбарегъащIэм.
Зэпеуэм хэтынухэм я лэжьыгъэхэр адыгэбзэкIи урысыбзэкIи Iахынущ. ЛъэIу тхылъхэр жэпуэгъуэм и кIэ пщIондэ «Бахъсэн» газетым и редакцэм ирагъэхь хъунущ мыпхуэдэ адресымкIэ: Бахъсэн, Лениным и цIэкIэ уэрам, 21. Е электрон-пощтым: [email protected] . Лэжьыгъэр А4 форматым ит напищым щIигъу хъунукъым. Ар къэщыпауэ щытын хуейщ «Times New Roman» шрифтым и I4-нэ кеглымкIэ, сатырхэм я зэхуакур I,5-рэщ.
Зэпеуэм ирагъэхь тхыгъэхэм хэплъэнущ ар зи пщэ далъхьэну комиссэр. ТекIуахэм саугъэт лъапIэхэр иратынущ.
НэхъыфIу къалъыта тхыгъэхэр «Бахъсэн» газетым, къалэ Iэтащхьэм и IуэхущIапIэм и интернет хэщIапIэм, инстаграмым щигъэлажьэ напэкIуэцIым къытрадзэнущ.
Чэрим Марианнэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2625.txt"
} |
Бэракъым и «Дыщэ къаплъэн»
«Дыщэ къаплъэн XV» дунейпсо джэгу зэIухам хыхьэу мы махуэхэм Екатеринбург щекIуэкIащ пауэрлифтингымкIэ дунейпсо чемпионат. Абы хэтащ къэрал куэдым кьикIа спортсмен лъэщхэр.
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ Бэракъ Рустам я ныбжьым елъытауэ гуэша профессионалхэм я гупым пашэныгъэр щиубыдащ. Килограмм 55-рэ зи хьэлъагъ штангэр абы 129-рэ къиIэтащ. Абсолютнэ категорием ди лъэпкъэгъум етIуанэ увыпIэр къыщихьащ икIи килограмм 90-м нэблагъэхэм я зэпеуэм дунейпсо рекордыщIэ щигъэуващ.
Къэхъун Бэч.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2626.txt"
} |
Ди щIалэхэм нэгъуэщI щIыналъэхэр яIэт
Мы махуэхэм Майкъуапэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ Урысейм и чемпионат. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэ 6I-м къикIа спортсмен 530-рэ. «Къуэблэ Екъуб» спортымкIэ уардэунэм щызэхэта зэхьэзэхуэм ехъулIэныгъэ щызыIэрагъэхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ спортсменхэми.
Зи хьэлъагъыр килограмм 66-м нэблагъэхэм я гупым шэч къызытумыхьэн текIуэныгъитху. Абыхэм ящыщу 4-м хухаха зэманыр и кIэм нэмысу, къыщызыхьа Балъкъэр Алим Урысейм и чемпион хъуащ.
КъыкIэлъыкIуэ махуэм ди щIалэхэм я ехъулIэныгъэм хэлъхьэныгъэ хуищIащ ди лъэпкъэгъу Блий Iэюб. Зи хьэлъагъыр килограмм 60-м нэблагъэхэм я зэпэщIэтыныгъэм щригъэкIуэкIа япэ зэIущIиплIым текIуэныгъэ дахэ къыщызыхьа Блийр зымащIэкIэ къыхигъэщIащ Иркутск областым и цIэкIэ банэ Абдулаев Рэмэзан икIи къэралым и чемпионатым и дыжьын медалыр къихьащ.
Къыхэдгъэщынщи, Къэбэрдей-Балъкъэрым дзюдомкIэ и школым зыгъэсэн щыщIэзыдза Балъкъэр Алим Тюмень областым, Блий Iэюб Краснодар крайм я ныпхэм щIэту мэбанэ.
Жыласэ Замир.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2627.txt"
} |
Дон Iуфэ щытокIуэ
Дон Iус Ростов щекIуэкIащ «Кубок Дона» тхэквондомкIэ урысейпсо рейтинг зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм къикIа спортсмен 500-м нэблагъэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ къыхэхам зэхьэзэхуэм етIуанэ увыпIэр къыщихьащ.
Щызэуа гупхэм дыщэ медалхэр щызыIэрагъэхьащ Тхьэмокъуэ Элинэ (кг 33-рэ), Усен Дамир (кг 41-рэ), Ахъмэт Борис (кг 78-рэ) сымэ. Абыхэм я хьэрхуэрэгъу псори хагъэщIащ.
Тэрчокъуэ Елдаррэ (кг 33-рэ) Усен Къамболэтрэ (кг 37-рэ) етIуанэ хъуащ. Домбеякъ медалхэр къыхуагъэфэщащ Бозий Алий, Пщымырзэ Чэрим (тIури кг 33-рэ), Бэгъэтыр Алим (кг 48-рэ), Кулеш Пётр (кг 55-рэ), Ахъмэт Нурмухьэмэд ( кг 78-рэ) сымэ.
Зи цIэ къитIуа спортсменхэр ягъасэ Ахъмэт Амир, Кугъуэндокъуэ Ялдар, Унэжокъуэхэ Къантемыррэ Абделджабаррэ Тикаев Индрис сымэ.
Жыласэ Замир.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2628.txt"
} |
Гугъуехьым къыпимыкIуэт
Республикэм и медицинэ IэнатIэм щымащIэкъым щIэныгъэшхуэрэ Iэзагъышхуэрэ зыбгъэдэлъ IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэр. Япэ ит нэхъыжьыфIхэм я щапхъэм тетрэ я зэфIэкIкIэ абыхэм зэрахуэфэщэным хущIэкъуу я лэжьыгъэр ирахьэкI абыхэм. Нобэ ди псэлъэгъу щIалэри, СПИД-мрэ узыфэ зэрыцIалэхэмрэ защыхъумэнымкIэ, абыхэм япэщIэтынымкIэ республикэ центрым и анестезиолог-реаниматолог Абыкъу Инал, гугъэфIхэр уэзыгъэщI IэщIагъэлIхэм ящыщщ.
2002 гъэм Дзэлыкъуэ районым хыхьэ ЯтIэкъуэ къуажэм дэт курыт школыр къихри, Абыкъур Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и медицинэ къудамэм щIэтIысхьащ. ИужькIэ и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ Владикавказ дэт медицинэ академием и ординатурэм. ЩIыналъэм къигъэзэжа нэужь, лэжьэн щыщIидзащ Дзэлыкъуэ район сымаджэщым, абы къыдэкIуэуи сыхьэт бжыгъэ гуэркIэ щыIэт Республикэ сабий клиникэ сымаджэщымрэ СПИД-мрэ узыфэ зэрыцIалэмрэ защыхъумэнымкIэ, абыхэм япэщIэтынымкIэ центрымрэ. 2017 гъэм щегъэжьауэ центрым и лэжьыгъэ нэхъыщхьэр щрехьэкI.
Сабий хъуэпсапIэ
- Сызыхуеджэ IэщIагъэр зыхуэдэр КъБКъУ-м и медицинэ къудамэм и 5-нэ курсым сыщIэсу згъэунэхуащ. Абы щыгъуэм медбрату лэжьэн щыщIэздзат Налшык къалэ клиникэ сымаджэщ №I-м реанимацэмрэ анестезиологиемкIэ и къудамэм, - жеIэ Инал. – Дохутыр сыхъуну сызэрысабийрэ си хъуэпсапIэт, ауэ сызыпэщIэува лэжьыгъэр зэрымытыншыр абдежщ къыщызгурыIуар. Махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу си нэгум щIэкIырт цIыху гъащIэр къегъэлынымкIэ дохутырхэм ирагъэкIуэкI бэнэныгъэр. Сыт хуэдизу гугъу емыхьами, я лэжьыгъэр къехъулIамэ, абы къарит гухэхъуэр я нэгум ислъагъуэрт сызыдэлажьэхэм. Зи псэм гузэвэгъуэ телъ цIыхум гугъэ ептыжыныр гугъуехь псоми я щхьэу къэслъытэри, IэщIагъэмкIэ сызэрыщымыуар хьэкъ сщыхъуат. ИкIи сызыхэта гупым хуэдэуи, анестезиолог-реаниматологыу сылэжьэну тезухуащ.
IэщIагъэм и фIыпIэр
Инал къыхихар медицинэм и унэтIыныгъэ нэхъ гугъу дыдэхэм хабжэ. Операцэр зэрекIуэкIынур анестезиологым куэдкIэ елъытащ, сымаджэр тэмэму къызэфIэувэжынымкIэ реаниматологым жэуаплыныгъэшхуэ ехь. Абы ипкъ иткIэ апхуэдэ IэщIагъэлIым и къэухьыр ину щытын хуейщ.
- А IэщIагъитIыр зэпхауэ къызэдогъуэгурыкIуэ икIи урилэжьэфын папщIэ медицинэм и унэтIыныгъэ куэдым хэпщIыкIыпхъэщ, - жеIэ Абыкъум. - ЦIыхум и Iэпкълъэпкъым и зыхэлъыкIэм, абы и щхьэхуэныгъэхэм фIыуэ ущыгъуэзэн хуейщ узэреIэзэну щIыкIэр, епхьэлIэну хущхъуэм и мардэр зэхэбгъэкIыфын папщIэ. Аращи, медицинэм щIэуэ къыхэхьэхэм зэрызыщызгъэгъуэзэным сытым дежи иужь ситщ, къищынэмыщIауэ, IэщIагъэлI нэхъыжьхэм я лэжьэкIэм сыкIэлъыплъкIэрэ, я жыIэм седаIуэкIэрэ си зэфIэкIым зэрыхэзгъэхъуэнми сыхущIокъу. Ординатурэм сыщыщIэсам Осетие Ищхъэрэ-Аланием и Республикэ клиникэ сымаджэщми Беслъэн къалэм дэт Узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэм щеIэзэ центрми сыщылэжьащ. Си IэщIагъэм теухуауэ куэд къыщысщIащ, лэжьыгъэм и пIалъэр щызгъэунэхуащ. Ноби абы сыщезыгъэджахэм пыщIэныгъэ яхузиIэу, сыхуей хъумэ, я деж чэнджэщ щызгъуэту апхуэдэщ.
Анестезиолог-реаниматологхэр гухэу щыт хъунукъым, сыт хуэдэ щытыкIэми псынщIэу хэкIыпIэ къыхуагъуэтыфын хуейщ. Дэ ди къудамэм щIэлъхэр сымаджэ хьэлъэхэрщ икIи я гъащIэр къызэредгъэлыным ди къаруи ди гуащIи идохьэлIэ. Махуэ къэс тлъагъур арами, зэрыжаIэм хуэдэу, щытыкIэм десэжакъым, дэтхэнэ зы сымаджэми дыхуэгузавэу Iэзэгъуэ хуэхъуныр зэхыдогъэкI. Уеблэмэ, лэжьыгъэ нэужьми, абы и Iуэхур уи щхьэм имыкIыу, «псори тэмэму сщIауэ пIэрэ» жыпIэу уегупсысу апхуэдэщ. Си IэщIагъэм и фIыпIэу къэслъытэр гъащIэм хуаIэ гугъэр зыфIэкIуэда цIыхухэм сэбэп сахуэхъуфыну Iэмал къызэрызитырщ.
Дэтхэнэм удекIуэкIыну нэхъ тынш?
ЦIыху сымаджэр езыр тэмакъкIэщI мэхъу, апхуэдэм бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэ къыхуэбгъуэтыфын хуейщ. Ар сабиймэ, абы и Iуэхур нэхъ гугъужщ. Абыкъум и нэIэм щIэт сымаджэхэм сабийхэри балигъхэри яхэтщ.
- Лэжьэн зэрыщIэздзэрэ тIуми соIэзэ. Къапщтэмэ, сабийми балигъми емылъытауэ, дэтхэнэ сымаджэми бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэ хуейщ, - жеIэ Инал. - Сабийм къыхэзыгъэзыхьыр зэрыжимыIэфым къыхэкIыу, нэхъ гугъущ и узыр къэпхутэну, ауэ уи Iэзэгъуэм и фIыгъэкIэ абы и нэгум дэрэжэгъуэ иплъагъуэжыныр куэд и уасэщ. СызэIэза цIыкIухэр хъужауэ щыслъагъукIэ, си IэщIагъэм гухэхъуэ нэхъыбэ къызет. Къапщтэмэ, си IэщIагъэм къысхуигъэув къалэн нэхъыщхьэр сымаджэм еIэзэнращи, зыми емылъытауэ, сэ схузэфIэкIымкIэ дэIэпыкъуэгъу сахуэхъуну сытым дежи сыхьэзырщ.
ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2629.txt"
} |
ГъащIэм хуэнабдзэгубдзаплъэ
Нобэ фи пащхьэ итлъхьэ, усэ фащэкIэ хуэпа тхыгъэхэр зи IэдакъэщIэкIыр Псыгуэнсу къуажэм щыпсэу Мыз Радик Борис и къуэрщ. Ар и IэщIагъэкIэ агрономщ. И псэм щыщIэр, и гум псэхугъуэ къезымыт гупсысэхэр куэд щIауэ абы третхэ тхылъымпIэм. Ауэ ахэр нэгъуэщIхэм яригъэлъагъу зэрыхъурэ куэд щIакъым. Мызым и усэхэм ящIэлъщ философие гупсысэ, щIагъыбзэ, фэрыщIагъ яхэплъагъуэркъым, куэдым урагъэгупсыс. Псом ящхьэращи, Радик и бзэр къулейщ.
Ди гуапэу абыхэм ящыщ зыбжанэм фыщыдогъэгъуазэ.
* * *
Ныбжьэгъу пэжыр
Уи IуэхуфIхэм щогуфIыкI.
Жагъуэгъур бампIэм зэгуещIыкI.
* * *
Зи гъащIэ хьэхур нэзыхусам
Нэхугъэри кIыфIыгъэри и зэхуэдэ мэхъу.
ЛъагъуныгъэкIэ зэпыщIахэм,
Пхъэдакъэжьыр я пIэщхьагъми,
Щхьэнтэ щабэ телъ къащохъу.
* * *
Щытщ уардэу мывэ сын домбей:
Бжей сын цIыкIур худоплъей,
Зыр метрищщ – адрейр зыщ:
Я лъабжьэр зэхуэдизыбзэщ – метритIщ.
* * *
БлэкIа махуэр гум къинамэ фIыкIэ,
Хъунщ иджыри укIэлъыджэ,
Уи пщэдейр къэсакъым зэкIэ,
УмыщI нобэр фаджэладжэ.
Гугъэ нэпцI умыщI уэ, тIасэ,
Псори хъунущ ар дыгъуасэ!
* * *
Мы дунейр театрым ещхьыр пэжщ:
Щыджэгуну хуейхэри гъунэжщ,
Теплъэгъуэ дапщэ хъууэ пIэрэ?
Зи кIэн къикIахэри хэт сымэу пIэрэ?
Сыт щыгъуи нэхъыбэщ еплъхэр
Къэзыгъэсэбэпи хэтщ нэрыплъэ.
Дэ къытлъысыну пIэрэ зы теплъэгъуэ?
Имыухыпэу ди зэманыгъуэ.
Зы теплъэгъуи щыIэщ ефIэкIыу теплъэгъуищэм –
УемылIэлIащэурэ зэIупщам,
Зы гъи ефIэкIынкIэ хъунущ гъищэм
КупщIэкIэ гъэнщIам.
Зыгъэувар аращ зыщIэр Iэмалищэ
И нэфI къызэрыпщыхуэщ. Хэт ищIэн?
* * *
Жыг жеяхэр зэщIэтхъуащ.
Сытхъур хъуащ дахащэу фащэ,
Дыгъэ бзийр къылъэIэсыхущ и пIалъэр
ЩитIэгъэжынущ нэгъуэщI фащэ.
Щхьэ тхъуари ещхьщ а жыгым
Сытхъукъым телъыр щхьэм.
Дыгъэ жьэражьэми имыгъэткIун
Сытхъу тримыщIарэт гум.
* * *
Дыгъуасэрей махуэм ухуэарэзымэ,
ГукъэкIыжыфIкIэ укIэлъыджэжым,
Уи пщэдейм ущымышынэм,
Нобэ гукъыдэжыр уи Iэпэгъум.
ГумащIэр уи щхьэгъусэм,
Ныбжьэгъу пэжыр къыббгъурытым,
ГущIэгъур уи благъэм,
Напэр уи къуэшым,
Гуапэр уи япэ итым,
Шыгъу-пIастэр уи Iэнэм,
Iэнэр лъакъуищым,
Мыужьыхыр уи жьэгум,
Сабий джэгукIэ гъэнщIам,
Илъэсищэр уимыпIалъэу
Нобэ махуэр бгъэлъапIэфым
Мис аращ насыпыр.
* * *
«Куэдщ, срикъуащ» жызыIэфа
Хэт ирихьэлIа зы цIыху?
Уахътыншэ гъащIэр имыплъапIэу
Ибгына ди щIыгу зы цIыху?
* * *
КъуэкIыпIэр пшэплъу нэхущ,
КъухьэпIэр кIыфIыгъэ щэхущ.
Уи гъащIэ гъуэгур щынэсым къухьэпIэм
ЖыпIэфмэ «сыщымышынэ кIыфIыгъэм»,
Мис итIанэ уиIэщ лIыгъэ.
Жанхъуэтхьэблэ
Анэжь гущэурэ си щIыналъэ,
Гъэ минхэр зи пIалъэ,
Къуршыжь ныбжьыншэхэр зи плъыр,
ГукъэкIыфIкIэ сыныпхоплъэ –
Жанхъуэт пщыжьым и хьэблэ.
Хьэблэ махуэу уаухуат,
Къэбэрдей пщыжьхэр щеблагъэрт,
Лъэпкъ Iуэху унафэхэр щаубзыхут.
ШыгъупIастэм уи Iэнэр ирищIыкIт,
Фадэ пIащIэм зыри иримыщIыкIт,
Мэл кIапэ пшэрыр темыкIт,
ЩхьэщIылъэныкъуэр щакъутэрт.
ЩIалэ къуданхэр мызэшт,
ТхьэIухудхэр утыку кърашэрт,
Хъымсад гуащэр я пашэт,
Джэгужьыр ирашажьэрт.
… Зэман Iэджи блэкIащ,
Уи фэм куэди дэкIащ,
Насып куэд къыптелъэлъащ,
ГъащIэ Iэджи щылъэлъэжащ.
Ноби мынэхъыкIэ уи теплъэр,
Иджыри уи напэ зэмылъа,
Уи гъунапкъи хэмыщIа,
Шэрэджыжьи мыжэщIа.
Зыгъэхьэзырар ИСТЭПАН Залинэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "263.txt"
} |
Пщыхьэщхьибл
ЛIы Iущ гуэрым и деж щIалэ къэкIуащ чэнджэщ хуейуэ.
- ГъащIэм ехъулIэныгъэ хъарзынэхэр щызиIэщ - си лэжьыгъэ IэнатIэр фIыщ, лъапсэ екIу сухуащ, ныбжьэгъу си куэдщ. Ауэ къэсшэну сытегушхуэркъым. Псэгъу сщIыну сыхуейщ хьэл-щэн дахэ зыхэлъ, сыкъызыгурыIуэ, къысхуэпэж бзылъхугъэ. Дапщэ зэзмыгъэцIыхуами, сигу ирихь хьэлхэр яхэслъэгъуакъым. Иужьым бзылъхугъэу дунейм тетыр зэщхьу, сызыхуей яхэмыту къэслъытащ. Ярэби, дауэ къэзгъуэтыну унагъуэ зыдэзухуэн, си гум къыдыхьэн?
- Сэбэп сыпхуэхъуфынущ. Ауэ жэуапу уэстынум сегупсысыну зэман сыхуейщи, пщэдей пщыхьэщхьэ къакIуэ,- жиIащ лIы Iущым.
ЕтIуанэ махуэм, зэрызэгурыIуам тету, щIалэм къытриггъэзащ. Бысымым шей игъэвэхукIэ, щIалэм зыригъэцIыхуа хъыджэбзхэм ящыщщ зым и хъыбар хуиIуэтэну елъэIуащ.
ХьэщIэр тепсэлъыхьащ и япэ лъагъуныгъэм, лIым зы псалъи къыдигъэувакъым, арэзы дэхъуу зэзэмызэ и щхьэр игъэсыса мыхъумэ. Апухэдэу жэщыку хъуху зэбгъэдэсащ.
-Егъэлеяуэ хъыбар гъэщIэгъуэн сыкъебгъэдэIуащ, - жиIащ лIы Iущым,- ауэ, ноби си жэуапыр хьэзыркъым. Пщэдеи къакIуэ.
ПщыхьэщхьихкIэ щIалэр кIуащ лIы Iущым и деж. Ар тепсэлъыхьащ гъащIэм зыхуиша бзылъхугъэхэм: хэт нэхъыщIэт, хэт нэхъыжьт, хэт къулейт, хэт хуэмыщIат, хэт дахэт, хэт Iущт, хэт къызэрыгуэкIт. Пщыхьэщхьэ къэси лIы Iущыр и хьэщIэм едаIуэрти, етIуанэ махуэм къэкIуэну жриIэурэ иутIыпщыжырт. Ебланэ махуэм щIалэм и хъыбарыр иуха нэужь, бысымым жиIащ:
-Мис мы хъыбарыр псом нэхъ сигу ирихьащ. Уэ сэ си шейхэм щыщу дэтхэнэр нэхъ къыпIурыIэфIа?
- Си упщIэхэм я жэуапым сыпэплъэурэ, шейм сегупсысакъым. Ауэ пщыхьэщхьэ къэс шей удзыфэу си гугъэжщ дызэфар.
-Шейхэр зэмыщхьщ.: зым уи гур егъэпсэху, зым укъегъэнэжэгужэ, адрейм уи акъылыр егъэжан. Ар зыхэпщIэн папщIэ зэман уиIэн, гулъытэ пхэлъын хуейуэ аращ. ПщыхьэщхьиблкIэ сэ згъэващ шей лIэужьыгъуибл. Пщэдей пщыхьэщхьи укъэкIуэн?
- Хьэуэ,- жиIащ щIалэм,- сыкъэмыкIуэми хъунущ. Си упщIэм жэуап игъуэтащ.
ЗэзыдзэкIар Гъуэт Синэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2630.txt"
} |
Ди ныбжьэгъуфIым и лэжьыгъэщIэ
ТхылъыщIэ
Иджыблагъэ къыдэкIащ усакIуэ Зэгъэщтокъуэ Людмилэ и тхылъыщIэ. «Си хъуаскIэ гъащIэм къыхэнэнщ» зыфIища тхылъым и теплъэр дахэщ, и купщIэри абы зэрекIужым шэч хэлъкъым.
«Тхэ щыIэжкъым» жаIэу щытхьэусыхэ, тхылъ къыдэбгъэкIынуи гугъу дыдэ щыхъуа нобэрей ди зэманми, ди гуапэ зэрыхъунщи, щыIэщ зытхыр хъухэмрэ ахэр ерыщу дунейм къытезыгъэхьэхэмрэ. Абыхэм ящыщщ нобэ къытIэщIыхьа лэжьыгъэр зи къалэмыпэм къыпыкIа Зэгъэщтокъуэ Людэ.
Людэ илъэс куэд хъуауэ ди редакцэм и ныбжьэгъуфIщ. И усэ купщIафIэхэр щIэх-щIэхыурэ ди газетым теддзэм къыщымынэу, зыпэрыт лэжьыгъэ IэнатIэм игу къигъэкI гупсысэ нахуэхэр зи лъабжьэ тхыгъэхэри мызэ-мытIэу ди щIэджыкIакIуэхэм ялъигъэIэсащ.
«Си хъуаскIэ гъащIэм къыхэнэнщ» тхылъыр къыщыдэкIащ «Фрегат» тхылъ тедзапIэм, и бжыгъэр щитху хъууэ. Абы ихуащ Людэ и усэ къыхэхахэр, балладэхэр, эссехэр, уэрэдхэр. Иужьрейхэм ящIыгъущ нотэхэри.
Тхылъым и япэ напэкIуэцIым Людэ фIыщIэ щахуещI ар къыдэгъэкIыным зи гуащIэ хэзылъхьахэу Ныр Мухьэмэд, Къаздэхъу Алберд, Мусэфар Мэжид, Бичэ Анзор сымэ. Дэри ди гуапэщ абыхэм усакIуэр зэрагъэгушхуам къыпэкIуэу гуфIэгъуэ куэд ялъагъуну.
ИСТЭПАН Залинэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2631.txt"
} |
Нобэ
♦Ущыпсэуну къезэгъ щIыпIэхэр хъумэным и дунейпсо махуэщ
♦Ашхабад къалэм (Тыркумэн) I948 гъэм щIыр щыщыхъеям хэкIуэдахэр ягу къыщагъэкIыж махуэщ. А гузэвэгъуэм хэкIуэдауэ щытащ цIыху мини I76-рэ.
♦1889 гъэм США-м щыщ къэхутакIуэ, хьэрычэтыщIэ Эдисон Томас триха япэ фильмыр игъэлъэгъуащ.
♦1927 гъэм макъ зыщIэт кином и лъэхъэнэм щIидзащ – США-м япэу щагъэлъэгъуащ актёрхэм жаIэхэр зэхэпхыу траха «Певец джаза» фильмыр.
♦2010 гъэм Instagram сервисым лэжьэн щIидзащ.
♦1946 гъэм къалъхуащ Кубаным и къэрал лэжьакIуэ, политик, социологие щIэныгъэхэм я доктор, ЩIДАА-м и академик Харитонов Евгений.
♦1943 гъэм къалъхуащ совет сурэтыщI цIэрыIуэ, СССР-м и цIыхубэ сурэтыщI Шилов Александр.
♦1946 гъэм къалъхуащ биологие щIэныгъэхэм я доктор, ЩIДАА-м и академик КIадэ Азэмэт.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус I5 – I7-рэ, жэщым градуси 6 - 9 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Уи делэ бгъакIуэмэ, уи Iуэху мэкIуэд
Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2632.txt"
} |
Сымаджэхэр нэхъыбэ мэхъу
КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министрым и къуэдзэ Батыр Заурбэч иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ щIыналъэм коронавирус узыфэ зэрыцIалэм зэрызыщибгъум теухуа зэIущIэ. Абы щытепсэлъыхьащ мы зэманым щытыкIэр зыхуэдэм, узым пэщIэтынымкIэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэхэр къызэрызэрагъэпэщым.
- Iуэхур щIэзыгъэхуэбжьахэм ящыщщ дунейр нэхъ щIыIэ зэрыхъуари гриппым и лъэхъэнэ гуащIэу зэрыщытри. КъищынэмыщIауэ, гъэ еджэгъуэщIэм зэрыщIидзэжрэ сымаджэхэм я бжыгъэр хэхъуэжащ, сыту жыпIэмэ, цIыхухэр куэду щызэхыхьэкIэ узыр къэзыгъэхъей вирусыр къезыхьэкIхэри, шэч хэмылъу, нэхъыбэ мэхъу. Пэжыр жыпIэмэ, ар дызыпэплъа щытыкIэщ икIи зэрыхъукIэ абы дызэрыпэщIэтыным зыхуэдгъэхьэзыращ – жиIащ Батыр Заурбэч. – ЩIыналъэм эпидемие щытыкIэр зыхуэкIуэнкIэ хъунум елъытауэ «гъуэгу картэр» зэхэдгъэуващ, абы ипкъ иткIэ госпиталыщIэхэр къызэрызэIутхыным дыхуэхьэзырщ. НобэкIэ апхуэдэ медицинэ IуэхущIапIэу республикэм 4 щолажьэ, апхуэдэу Налшык къалэ клиникэ сымаджэщ №I-м къатихыу зытет и унэри коронавирус узыфэр зыпкърыт сымаджэу 320-м зыхуэныкъуэ Iуэхутхьэбзэр зэрыщагъуэтыным хуэгъэпсащ.
Къэпсэлъам къызэрыхигъэщамкIэ, фокIадэ мазэм икухэм госпиталхэм гъуэлъыпIэу 655-рэ щIэтамэ, иджы ар I08I-рэ мэхъу, абы щIэлъ сымаджэхэм я бжыгъэр 900-м ноблагъэ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, узыфэм хьэлъэу игъэсымаджэхэри нэхъыбэ хъуащ – реанимацэхэм цIыхуи I07-м я узыншагъэм щыкIэлъоплъ.
Министерствэм къигъэлъагъуэ бжыгъэхэм ятепщIыхьмэ, узыфэм зэрыпэщIэт вакцинэр зыхезыгъэIуар щIыналъэм щыпсэухэм ящыщу цIыхуи мини I74-рэщ.
- Ди къарур зэщIэгъэуIуауэ узыфэм дыпэщIэтыфын папщIэ жылагъуэм и процент 80-м мастэр зэхрагъэлъхьэн хуейщ, мы зэманым ирихьэлIэу а Iуэхум къызэщIиубыдар Iыхьэ щанэрщ. КъищынэмыщIауэ узыфэм зэрызиубгъум и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ цIыхухэм эпидемием зэрызыщыпхъумэным и хабзэхэр тэмэму зэрамыгъэзащIэр. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, жылагъуэм и нэхъыбэм узыфэм къыпкърыкI шынагъуэр зыхуэдэ дыдэри я щхьэ и мызакъуэу, къэзыухъуреихьхэмкIи жэуаплыныгъэ зэрахьыр нэгъэсауэ зыхащIакъым, - жиIащ Батырым.
Роспотребнадзорым и къудамэу щIыналъэм щыIэм къызэритымкIэ, республикэм и эпидемие щытыкIэр егъэлеяуэ псынщIэу йокIакIуэ.
- Тхьэмахуэм къриубыдэу сымаджэхэм я бжыгъэм процент I,4-кIэ хохъуэ, - жиIащ IэнатIэм и IэщIагъэлI нэхъыщхьэ Мырзэкъан Каринэ. – МахуипщI ипэкIэ узэIэбэкIыжмэ, зы процентми нэсу щытакъым. Ар и щыхьэтщ узыфэм псынщIэу зиубгъун зэрыщIидзам. И щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэри коронавирусым зэрыпэщIэт вакцинэр зыхезыгъэлъхьахэм я бжыгъэр зэрымащIэ дыдэрщ. ИджыпстукIэ ар жылагъуэм и процент 20-м нэблагъэу аращ.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, коронавирусым зэрыпэщIэт вакцинэр щыхалъхьэ республикэм и медицинэ IуэхущIапIэу 82-м. КъищынэмыщIауэ, Налшыки районхэми щолажьэ мобильнэ пунктхэр. Республикэм и Аллергоцентрми а Iуэхутхьэбзэр щыхуащIэ пэш щхьэхуэ къыщызэIуахащ. Узыфэ шынагъуэм зэрыпэщIэт мастэр абы щызыхебгъэлъхьэфынущ гъубж, махуэку, мэрем махуэхэм, сыхьэтыр II-м щыщIэдзауэ I4 хъуху.
ЩхьэщэмыщI Изэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2633.txt"
} |
ГъащIэм хуэнэхъуеиншэу щыта Лермонтов
Лермонтов Михаил щыпсэум дунейм къытехьар и зы тхылъщ, абы усэ 400 щыщу къыхихар 26-т. Ар икъукIэ и щхьэ хуэткIиижт, икIи фIыуэ къыгурыIуэрт Пушкин иужькIэ ди къэралым усэ щытебдзэныр жэуаплыныгъэ ину зэрыщытыр. Лермонтовым и усэхэр ипэкIэ плъэ зэпытт, уеблэмэ, къэкIуэнури къахэщырт.
XIX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм (тхакIуэр илъэс 15-м иту) абы революцэ къэхъункIэ зэрыхъунур къищIат («Настанет год, России черный год, Когда царей корона упадет»), апхуэдэу Граждан зауэ шынагъуэми («И пища многих будет смерть и кровь») тетхыхьат. А усэ сатырхэр абы и еджакIуэ дэфтэрым иритхауэ щытащ. УсакIуэр пасэу дунейм зэрехыжынури зыхищIэрт: «Кровавая меня могила ждет, Могила без молитв и без креста». Лермонтов Псыхуабэ деж щыщIалъхьам хуагъэува сыным и цIэм фIэкIа зыри теттэкъым. ТхакIуэм къыщIэнахэр и анэшхуэм Тарханы иригъэшэжу щIригъэлъхьэжа иужь абы и кхъащхьэм члисэ щаухуауэ щытащ.
Лермонтов укIыпIэ зэрырашам иджыри зэIумыбз куэд хэлъщ, а Iуэхум хэтахэм жаIэр зэтемыхуэу, зэ жаIар етIуанэу жамыIэжу къекIуэкIащ. ТхакIуэм ебгъэрыкIуэу зэраукIам щыхьэт техъуэхэм ящыщщ, уIэгъэ хъуа щIалэщIэр лъыр къыпыжу сыхьэт зыбжанэкIэ уэшхым зэрыхэтар…
Николай Езанэм Лермонтовыр дунейм зэрехыжар къыщищIам «Пушкин и пIэм иувэфын щIалэ тIэщIэкIащ» жиIауэ щытащ. Пщышхуэм ипхъу Ольгэ тхакIуэм и IэдакъэщIэкIхэр хуабжьу фIыуэ зэрилъагъум и щыхьэту «Лермонтовым и лIэныгъэр - жылагъуэм ди гузэвэгъуэшхуэщ» итхыгъат.
НэгъуэщI зы гъэщIэгъуэни хэлъщ Лермонтов Михаил и Iуэхум. Ар дунейм къызэрытехьэрэ илъэс бжыгъэ хъурей щрикъухэм ирихьэлIэу сыт щыгъуи ди къэралым зыгуэр къыщыхъурт. 1914 гъэм (тхакIуэр къызэралъхурэ илъэсищэ щрикъум) Япэ Дунейпсо зауэм щIидзащ, 1991 гъэм (Лермонтовыр дунейм зэрехыжрэ иъэси 150-рэ щрикъум) СССР-р къутэжащ.
Лермонтовыр гуфIэу зы сурэти щыIэкъым. Абы къегъэлъагъуэ ар цIыху зыкIуэцIылъу зэрыщытар. Мыпхуэдэ усэ иIэщ абы: «На всех портретах Лермонтов печален, Порой задумчив, иногда суров. И в дни когда со славою венчали, И сладкий миг предчувствия стихов… Наверное, в душе все было слишком зыбко, И потому невеселы штрихи. Но сохранили нам его улыбку Надеждой озаренные стихи».
Лермонтов Михаил хьэзабхэмыкIыу ирихьэкIащ и гъащIэр. Езыр илъэсищ ныбжьым иту и анэр дунейм ехыжауэ щытащ. ЩIалэ цIыкIум игу къинэжар и анэм къыжриIэу щыта гущэкъу уэрэдхэрщ. И адэшхуэм лъагъуныгъэ жэуапыншэм и зэранкIэ зиукIыжат. Абы яужь ар лIыгъэкIэ къыкIэрачащ фIыщэу илъагъу и адэм. Лермонтовым и адэр дунейм ехыжыным куэд имыIэжу къыхуитхауэ щытащ: «Уэ иджыри ныбжькIэ ущIалэми, узэрыакъылыфIэр си дежкIэ нэрылъагъущ. Уи зэфIэкIыр къэгъэсэбэп, ауэ ар зэран къызэрыпхьын е Iуэху мыфэмыц ухэзышэн Iэмалхэм хуомыгъакIуэ. Ар Тхьэм и пащхьэ жэуап зэрыщыпхьыну зэчийщ».
Пэжщ, абы акъыл жан иIащ, ауэ нэхъыбэм абы и псалъэхэр гуащIэт, ткIыбжьт. Ар зи зэраныр щIалэщIэм лъагъуныгъэ Iуэхухэр къызэремыхъулIэр арагъэнт. Абы и гум къыдыхьауэ щыта Лопухинэ Варенькэ лIы иратауэ щытащ, езым псэгъу хуэхъуат Федоровэ Наталье. Абыхэм къищынэмыщIауэ тхакIуэм фIыуэ илъэгъуат франджы усакIуэ бзылъхугъэ, езыми къилъагъурт, ауэ.. Ауэ абы щхьэгъусэ иIэт. Зэщхьэгъусэхэм я ежьэжыгъуэр къыщыблагъэм Лермонтовыр Кавказым икIри ахэр иригъэжьэжыну Одессэ нэс кIуауэ щытащ. Фи нэгу къыщIэвгъыхьэт бзылъхугъэ цIыкIум и щхьэгъусэр къежьэу, езыр урыс офицерым бгъэдэмыкIыжыфу бгъэдэту…
Лермонтовым иIэщ мыпхуэдэ усэ сатырхэр: «…Пора, пора насмешкам света Прогнать спокойствия туман; Что без страданий жизнь поэта? И что без бури океан?». ЖыпIэнуракъэ, ар езыр хуеIэт гъащIэм и гугъуехьхэм. Усэ сатырхэм тхакIуэм и хьэлым щыгъэпщкIуа щэхухэм и жэуап къыуат: «Что без страданий жизнь поэта?..»
ТхакIуэм и IэдакъэщIэкIхэм я нэхъыбэр и гъащIэм къыхэкIащ. Ар зыкIэ гъащIэм хуэнэхъуеиншэти, зыкIэ фIыуэ илъагъурти… Абы фIыуэ къыгурыIуэрт гъуазджэм щыжиIэну и псалъэр, езым нэхъапэ жимыIар иужькIи зэрыжамыIэнур.
НэщIэпыджэ Замирэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2634.txt"
} |
ЦIыхубэм фIыуэ ялъэгъуа Шорэ Туркан
Тыркум щыщ кино, театр актрисэ цIэрыIуэ Шорай Туркан ХьэтIохъущыкъуей Ипщэ къуажэм зи адэшхуэм и адэр дэкIыу Тырку пащтыхьыгъуэм къыщыхута Шорэхэ я къуэм и унагъуэм къыщалъхуащ.
Зэчий лъагэ зыбгъэдэлъ цIыхубзыр Канны, Москва, США-м щекIуэкI кинофестиваль инхэм хэтащ, абыхэм саугъэт лъапIэхэр къыщихьащ. Туркан и ныбжьэгъущ артист цIэрыIуэхэу Кардинале Клаудиа, Лорен Софи, Ларионовэ Аллэ сымэ, нэгъуэщI куэди.
Тыркум къыщыдэкI газетхэм, журналхэм, телевиденэм актрисэм мызэ-мытIэу щыжиIащ абы и лъабжьэр Кавказым къызэрыщежьэр, ар Къэбэрдейм зэрыщыщыр.
ЦIыхубэм я гум дыхьа, фIыуэ ялъэгъуа Шорэ Туркан икIи режиссёр Iэзэщ. Абы ипхъу Ягъмури анэм и лъагъуэм ирикIуэжащ, жыджэру кинохэм щоджэгу. КъищынэмыщIауэ, Туркан и шыпхъу Назани актрисэ цIэрыIуэщ. Ар фильм 20-м нэблагъэм щыджэгуащ.
Шорэ Туркан 1945 гъэм мэкъуауэгъуэм и 28-м Истамбыл къыщалъхуащ. «Тырку кином и сулътIан» цIэ лъапIэр къыхуагъэфэщауэ, псоми къацIыхуу икIи пщIэшхуэ къыхуащIу апхуэдэщ ди лъэпкъэгъу бзылъхугъэр. Ар кином и дунейм щыхыхьар 1960 гъэращ, япэу зыхэтар «Къуажэм фIыуэ щыслъэгъуащ зы пщащэ» фильмращ. Туркан и япэ саугъэтыр - «Дыщэ ТIамыр» (Апельсин) 1964 гъэм Анталие щекIуэкIа фестивалым къыщратащ «ГъащIэ дыдж» фильмым щигъэзэщIа ролым щхьэкIэ, зи зэфIэкIыр нэхъ ин актрисэу къалъытэри. А саугъэт дыдэр 1968, 1987, 1994 гъэхэми къратащ, апхуэдэуи «ИгъащIэкIэ щIыхь зиIэну актрисэ» саугъэтыр 1996 гъэм къыхуагъэфэщащ. КъищынэмыщIауэ, Адана щекIуэкIа «Дыщэ шылащхьэ фестивалми» 1973 гъэм цIэ лъапIэ къыщыфIащащ. Псори зэхэту къапщтэмэ, апхуэдэ саугъэ 20-м щIигъу иIэщ абы.
Гу лъытапхъэщ Шорэ Туркан бзылъхугъэм и дахагъэр, езым и щхьэр пуду къамыгъэщхьэпэн щхьэкIэ, хабзэфI куэд къызэрыригъэщтам. Дуней псом щыцIэрыIуэщ лэжьапIэ щыувым абы и унафэщIхэм ядищIа зэгурыIуэныгъэр. Абы актрисэм щиукъуэдийрт зы фильм закъуэми узыгъэукIытэ теплъэгъуэхэм щыджэгуну арэзы зэрытемыхъуэр.
«Кином и фIыгъэкIэ наIуэ сщыхъуащ гъащIэм и мыхьэнэр. ГъащIэр фIыуэ слъэгъуащ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, сызыхапIыкIар киноращ абы сырейуэ, сыкъыхуалъхуауэ къысщохъу.
Кином хилъхьа гъащIэ Iыхьэм, гуащIэм къыпэкIуа пщIэр псэууэ илъагъужыну зи насып къихьа цIыху насыпыфIэ мащIэхэм сащыщщ сэ. ЦIыхубэм фIыуэ сыкъалъэгъуащ, щIыхь къысхуащI. Сэ стеухуа тхыгъэ дахэхэр, тхылъ щхьэхуэхэр, диссертацэхэр, фильмхэр, къызата цIэ лъапIэхэр, къысхуауса усэхэр, уэрэдхэр, сэ стеухуауэ ирагъэкIуэкIа конференцхэр, пшыхьхэр, гъэлъэгъуэныгъэхэр, нэтынхэр, къызата саугъэтхэр, цIэ лъапIэхэр… Згъэхъам, схуэфащэм нэхърэ куэдкIэ нэхъыбэщ щытхъуу къысхуагъэфэщар. НаIуэу къыщызжаIэкIэ соукIытэ.
ПщIэуэ къысхуащIам, сыздынэсам лъагапIэм, дауи, сригуфIащ, сригушхуащ, ауэ кином и пэжыр зэи сщыгъупщакъым. Сыт хуэдэ пщIэ, щIыхь къысхуагъэфэщами, ар къызыхэкIар, кином и къарурщ. КинокIэ зэджэр абы хэт псори къызэщIэзубыдэ пкъыгъуэщ. А дахагъэ телъыджэхэр зи нэгу щIэкIа адрей си лъэжьэгъу, си ныбжьэгъухэми хуэдэу, сэри а пкъыгъуэшхуэм зы Iыхьэу сыхэту аращ.
ГъащIэм фIы къысхуищIэри, кином и актрисэ сыхъуащ. Дунейм аргуэру зэ сыкъытехьэжын хуей хъуами, арат къыххсхынур.
Ину фIыщIэ пхузощI, кино, ину фIыщIэ...» - иритхащ Туркан езым теухуауэ къыдигъэкIа тхылъым.
Уи натIэм къритхам уфIэкIынукъым жаIэ адыгэхэм. Аращ Туркан къыщыщIари - актрисэ зэрыхъунур и натIэм иту къигъэщIат. А тхылъым гъэщIэгъуэну игу къыщегъэкIыж ар кином хуэзыша япэ лъэбакъуэхэр. Туркан и адэшхуэм деж щыIэу зы пщыхьэщхьэ пшапэзэхэуэгъуэу щхьэгъубжэм щыдэплъым, цIыхухэр зэрехьэхыу къелъагъу, адрей махуэ къызэрыгуэкIхэм емыщхьу. Езыри абыхэм яхыхьэну, ахэр здэкIуэр зригъэщIэну хуей щхьэкIэ, и закъуэу яутIыпщыркъыми, гъунэгъухэм гъусэ захуещI. «... Уэздыгъэ нэхушхуэхэм жэщыр махуэ дыгъэпс хуэдэу нэху къащIауэ зы утыкушхуэ дыхуозэ. ЯпэщIыкIэ си нэм къыфIэнэр зы цIыхубз дахэ гуэрым и нэкIурщ, мелыIыч напэщ, тхьэIухудщ. Нэхухэр телъалъэу зеплъыхь, уафэм доплъей. Адрейхэм иужькIэщ гу щалъыстэр, зопсалъэхэр, зыгуэрурэзащI. ЗищIысыр къызгурыIуэщатэкъым абы щыгъуэ, ауэ кинофильм трахыу, а цIыхубз дахэри актрисэ цIэрыIуэ Нур Мухьтерэму къыщIокI. Псори абы йожалIэри, и Iэ щIэдзауэ и сурэт къыIах. Сэри чэзум сыхоувэри, и сурэт къыIызох.
ЯфIэгъэщIэгъуэну абы еплъхэм сахэтщ. Кинофильмыр тезыххэм ящыщ гуэрхэр зэзэмызэ зыкъагъазэрэ къызэплъу, зым адрейм сригъэлъагъуу гу лъызотэ. Ящыщ зыр къызбгъэдохьэри, зыгуэрхэр къызжеIэ. СымыцIыху хамэм псэлъэгъу сыхуэхъуу сесакъыми, сопIейтей, къызжиIэхэр къызгурыIуащэркъым. Си гур си бгъэм къыдэлъэтын хуэдэу къоуэ, сыщтэIэщтаблэу сыщIопхъуэжри, си адэшхуэ-анэшхуэм я пэшым лъагэу щызэтелъ уэншэкухэм захызодзэри, гъуджэр сIыгъыу сызоплъыж, си щхьэцхэр зэхэзэрыхьауэ солъагъу. Гъуджэр зэм жыжьэу IузогъэкIуэт, зэм гъунэгъу зыхузощIыж. Сызыхэта щтэIэщтаблагъэм къыхэкIыу, си нэкIущхьэхэр нэхъ плъыжь къэхъуащ. Си набдзэхэм, си нэхэм, си Iупэхэм соплъри, сызэрыдахэр зыхэсщIэу, цIыхухэр къыщIызэплъыр къызгурыIуэу щIызодзэ.
«А махуэм кинофильм щытрах утыкум жэрыжэкIэ сыкъижыжу сыкъыщIэпхъуэжа щхьэкIэ, зы илъэс фIэкIа дэмыкIыу сегупсыс хъуащ фильм техыпIэм сыкъыщыхута зэрыхъунум. Кином и къару щэхум ситхьэкъуауэ, сиумэхъауэ, малъхъэдисым хуэдэу сызыщIишэрт».
Илъэс 70-м щIигъуа адыгэ актрисэр иджыри зэрыдахэщ, пщIэ хуащIрэ фIыуэ ялъагъуу мэпсэу.
НэщIэпыджэ Замирэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2635.txt"
} |
Адыгэхэм я зэбиикIэу щытар
Адыгэм лей къылъысар имыгъэгъун щхьэкIэ и гъащIэр итыфынут.
Ар зэи тхьэусыхакIуэ кIуэнутэкъым, «лей къызихащи, унафэ хуэфщI, суд фщIэ» жиIэу. АтIэ, и псэр пытмэ, къращIар ирищIэжынут. КъауIар лъэрымыхь хъуарэ езым хузэфIэмыкIынуми, лъэпкъым цIыхухъу исмэ, абы лейр игъэгъунутэкъым. Арат судри унафэри.
Зыгуэр къауIамэ е къаукIамэ, лей зезыхьамрэ зытехьамрэ я лъэпкъхэр бий зэхуэхъурт икIи Iэмал имыIэу ялъ ящIэжын хуейт. КъэзыуIам е къэзыукIам и лъэпкъым щыщу хэт къахуэзами, абы деж лъыр щащIэжынут, ауэ езы дыдэр къапэщIэхуэмэ нэхъ къащтэрт. КъэзыукIар яукIыжу, ар зыукIар яукIыжурэ лъэпкъитIыр хьэлэч щызэрыщI куэдрэ къэхъурт. ЛъэныкъуитIми ящыщу зыри пхуэтхьэусыхэнутэкъым.
Апхуэдэ гуауэ къуажэм къыдэмыхъуэным псори хущIэкъурт. Псалъэм папщIэ, апхуэдэ Iуэху къэхъуамэ, къуажэ лIыжьхэр зэхуэсырти, лъэпкъитIыр зэрызэгурагъэIуэжыным егупсысырт.
Къуажэ лIыжьхэр лей къызытехьам деж кIуэрти хуэгузавэрт:
- Фэбжь хъуами, тхьэм лажьэ имыщIкIэ, Iуэху къыфтепсыхар хуабжьу ди жагъуэ хъуащ. Лей къывэзыхам тхьэм къыхуимыгъэгъукIэ, дэри хуэдгъэгъункъым, - жаIэрти игу фIы хуащIырт. УIэгъэр зыхуэдэри Iуэхур къызыхэкIари зрагъащIэрт. ЯуIар къуаншэу щытми, зыуIар арат нэхъ ягъэкъуаншэр. УIэгъэ ящIам деж къыдэкIыжа лIыжьхэр зэрыIыгъыу уIэгъэ зыдзам деж кIуэрт.
- Фыкъуаншэщ, фыбзаджэщ, фыIэпей-лъэпейщ, къуажэм бэлыхь къыдэфлъхьащ, къуажэм дахум фыхуэдэщ, фыугъурсызщ, - жаIэрти егиерт, ягъэшынэрт, ищIам хущIрагъэгъуэжырт. ЛIыжьхэр абыкIэ зыхэтыр къуаншагъэ зылэжьар ягъэшынэу, «дыщыуащ, унафэ къытхуэфщI» жрагъэIэну арат.
Апхуэдэм деж къуаншагъэ зыбгъэдэлъхэм:
- Къуажэм узыхь дыфхухъу, дыкъуэншащ, къытхуэвгъэгъу, жылэм къытхуэфщIыр ди унафэщ, - жаIэрти лIыжьхэм я IэмыщIэ зралъхьэрт.
ЛIыжьхэри зыхуейр арати, Iуэхум хуит хуэхъурт.
- АтIэ, унафэу фхуэтщIымкIэ фыарэзыуэ ди IэмыщIэ зыкъифлъхьэ! - жаIэрт.
- Берычэт бесын, жылэм узыхь дыфхухъу, фэ къытхуэфщIыр ди унафэщ, - жаIэрти я Iуэхум унафэ тращIыхьыну жылэр хуит ящIырт.
Удын зыдзам удын къызэрытехуэжынур фIыуэ ищIэрти, ар зытримыгъэхуэжын щхьэкIэ, сытри къыпхуищIэнут. Арат ар Iуэхум псынщIэу щIеувалIэри.
Хуитыныгъэ къаIэрыхьа нэужь, лIыжьхэр уIэгъэ зытехуам деж аргуэру кIуэрт. УIэгъэм еплъырт, Iэзэм еупщIырти, зэрыхъужыну зэманыр зыхуэдизыр зрагъащIэрт. А псори тэмэму зэхагъэкIа нэужь, уIэгъэ зытелъым епсалъэрт.
- Удын къыптехуар ди жагъуэщ, лей къыплъысауэ долъытэ. ЛIы ущыхъукIэ, е укъауIэнщ, е буIэнщ. Уфызу щытамэ, зыри къыпщыщIынтэкъым. Уэ ущыпэублэкъым, укIэухкъым, апхуэди къохъу. «Iей мыхъу фIы хъужыркъым» жыхуаIэращ. Лей къуахар яхуэдгъэгъункъым. Къуажэ щыхъукIэ, апхуэдэ гуэрхэри къыдохъуэ, апхуэдэ Iэджэми унафэ тращIыхь. Уи Iуэхур тIэкIу мыхъумыщIэ хуэдэу хъуами, тхьэм захуэм хуигъазэ. Ди IэмыщIэ зыкъифлъхьэу фи Iуэхум унафэ тетщIыхьыну хуит дыкъэвмыщIмэ, ди гуапэкъым икIи дыарэзыкъым, - жраIэрт.
Удын зытехуа адыгэлIыр абыкIэ арэзы хъункIэ Iэмал иIэтэкъым. Ар зыхуейр къращIар ярищIэжыну, уIэгъэ къезыдзам уIэгъэ тридзэжыну арат.
- Берычэт бесын, жылэ, ди Iуэхур къыффIэIуэхуу фыкъызэрыкIуам щхьэкIэ. Абы нэхърэ нэхъ гугъуехь тхьэм къывимыткIэ. Жылэр бэлыхьым тхьэм щихъумэ, жылэм щхьэузыхь дыфхухъу! Ауэ япэщIыкIэ къыдащIар етщIэжынщи, итIанэ жылэм сыт хуэдэ унафэ фыхуейми къытхуэфщI! Дэ къыттехуа удыныр мыхъужауэ зыри вжетIэфынукъым. Ди унафэ дэ тщIыжынщ, - жаIэрти, зытрамыгъэхьэурэ зыкIэлъагъакIуэрт.
Ауэ лIыжьхэри мы Iуэхум яужь щIихьэр абы хуэдэ джэгу цIыкIукIэ
ягъэбэяужын мурадтэкъым.
- Фи Iуэхур ди IэмыщIэ къифлъхьэу унафэ тетщIыхьыну хуит дыкъэвмыщIмэ, нобэ щыщIэдзауэ фи пщIантIэ дыкъыдыхьэнкъым, фылIэми фыщIэтлъхьэнкъым. Нобэ фыкъыдэмыдаIуэми, фэри жылэм фыщыхуеин къэхъужынщ. Жылэм емыдаIуэу фIы зэхъулIа щыIэкъым, фыщIегъуэжынщ. Фыкъыдэлъэпауэу аракъэ? ДяпэкIи фи набжьэ щIэлъ, къыфщыщIынур зыхуэдэр фщIэрэ? – жаIэрти, зэрагъэшынэным пылът икIи икIэм-икIэжым къагъэдаIуэрти, Iуэхум унафэ тращIыхьыну хуит зыкърагъэщIырт.
Зэманым декIуэкI хабзэм тету, лIыжьхэм я унафэкIэ, медатыр жаIэрти лъэныкъуитIми лIы тIурытI храгъэхырт. Медатыр мыбы си Iуэхум унафэ нэхъ трищIыхьыфынщ, нэхъ хэплъэфынщ жиIэу дэтхэнэми езым хихыжырт. Медатыр къуажэм щыщми хамэ жылэми хъунут.
ЛIы тIурытIыр зэпэтIысырт, къуажэ старшынэр яхэтIысхьэжырти унафэ ящIырт. Медату хахахэр псом япэу уIэгъэм деж кIуэрти еплъырт, Iэзэм IэзапщIэу къариухылIэнур зыхуэдизыр зрагъащIэрт. Абы иужькIэ уIэгъэ зыдзам уIэгъэр зридзам хуищIэн хуейхэр къалъытэрти, унафэ пыухыкIа ящIырт. Псалъэм папщIэ, уIэгъэм зы мазэкIэ игъэсыну пхъэуэ мыпхуэдиз, фошыгъуу, хугуу, хьэжыгъэу, дагъэу, уэздыгъэ дагъэу мыпхуэдиз. УIэгъэр зэратхьэщIын сабыну, ар зэрапхэн щэкIыу мыпхуэдиз.
Сымаджэр хъужыху хуэлэжьэну зы лIыщIэ. ЩIэупщIакIуэм яшхыну зы выщIэ е зы жэмыщIэ, Iэзэм иратыну IэзапщIэр. Хъужа нэужь гъэфIэжу мыпхуэдиз, - жаIэрти, псори зэхэхауэ ягъэувт. Ар зытещIыхьари зы мазэт. Зы мазэм къриубыдэу уIэгъэр мыхъужмэ, аргуэру кIуэрти еплъырт икIи щIэрыщIэу унафэ тращIыхьыжырт. МазэкIэ хъужамэ, унафэр зэрыщытауэ къэнэжырт. Унафэ ящIар тхылъым ирырагъатхэрти, медатхэмрэ старшынэмрэ Iэ традзэжырт.
Ауэ а унафэм зы цIыхуми гу лърагъатэртэкъым. Ар щэхут. Унафэу ящIынур зэфIэкIа нэужь зэбий лъэныкъуитIми распискэ къыIахырт: «Фэ фщIа унафэмкIэ дыарэзыщ» жиIэу иту, ауэ распискэр къыщыIахым деж унафэ ящIар зыхуэдэм зыри щыгъуазэтэкъым. А унафэм мыпхуэдэуи хатхэрт – сымаджэр хъужу къэтэджыжыху зэбиитIми гъуэгу зэхущанэну. НэгъуэщIу жыпIэмэ, зэбий лъэпкъитIым ящыщ зэхуэзамэ, гъунэгъу зэхуэмыхъупэ щIыкIэ гъуэгум дадзыхын хуейт. Дэзыдзыхам мыдрейр кIэлъыкIуэу еуэрэ иукIамэ, ари ягъэкъуэншэнут…
Мы унафэ псори зэфIэкIа нэужь абы лъэпкъитIри щыгъуазэ ящIырт. Къыщыхъу щыIэт мылъкур зытын хуейр а мылъкур фIэкуэдыIуэу арэзы щытемыхъуэ, щытхьэусыхэ. Ауэ мы дунейр хъурейуэ къызэхикIухьами, дэнэ щымытхьэусыхами, медатым ящIа унафэр зыми къикъутэфынутэкъым.
УIэгъэр хъужа нэужь, унафэ ящIам тету, гъэфIэж хурагъэщIырт, зыуIар яуIам деж кIуэрти, «сыкъуэншащ, къысхуэгъэгъу», жиIэрти я Iэр зэрагъэубыдыжырт, биигъэ зэхуамыIэжу зэгурагъэIуэжырт.
Зыгъэхьэзырар НэщIэпыджэ Замирэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2636.txt"
} |
«Адыгэш зэхьэзэхуэр» гъуэгу техьакIэщ
Чэрим Марианнэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2637.txt"
} |
ЕгъэджакIуэм и насыпыр
Iуэхугъуэ къэс къежьапIэ иIэщ. Лъабжьэм и быдагъми куэд елъытащ. А гупсысэхэм сахьыжащ Къэрмэхьэблэ къуажэ школым, адыгэбзэмкIэ сезыгъэджа Лыхь Масирэт и деж. Масирэт Налшык дэт педучилищэр, иужькIэ КъБКъУ-м адыгэбзэмрэ урысыбзэмкIэ и къудамэр къиухащ.
- Масирэт, сыт уи IэщIагъэм и щэхур?
Дэтхэнэ IэщIагъэми щэху гуэр хэлъщ. ЕгъэджакIуэфIу ущытыным и щэху нэхъыщхьэр сабийр фIыуэ плъагъунырщ. Унагъуэм къыдэкIыу уи нэIэ къыщIэувэ сабийм анэ етIуанэ ухуэхъуми ярейщ. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми хьэл-щэн зырыз яIэщи, бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэ къахуэгъуэтыпхъэщ. Хэт нэхъ гушхуащ, хэти нэхъ укIытэхщ.
- ЦIыху щхьэхуэм и гъащIэм егъэджакIуэм щиубыд увыпIэр сытым хуэбгъэдэнт?
- СыцIыкIуу школым сыщыщеджа зэман лъандэрэ егъэджакIуэм жиIар Алыхь псалъэу къытщыхъурт. ЕгъэджакIуэм игу зэбгъэбгъамэ, ар адэ-анэм я дежкIи удынышхуэт. Къапщтэмэ, иджыпсту сэ езгъаджэ цIыкIухэри апхуэдэщ. Адэ-анэхэри къокIуэ, дерсхэм щIэсщ. «Дапхуэдэ щIыкIэкIэ унэм дащыдэлэжьэн, есэпыр щедгъэщIыжкIэ сыт хуэдэ Iэмалхэр къэдгъэсэбэпын», - жаIэу къызочэнджэщхэ.
- Гъэсэныгъэра хьэмэ щIэныгъэрэ еджакIуэм япэу бгъэдэлъхьэн хуейр?
- ТIури къызэдэгъуэгурыкIуапхъэщ. Ауэ гъэсэныгъэм тIэкIу нэхъ тегъэщIапхъэщ. Дерс щезгъэкIуэкIым и деж дакъикъэ бжыгъэ хухызох гъэсэныгъэм сытепсэлъыхьыным. Iэмал гуэрхэм сыхуекIуэурэ, ар дерсыр зытеухуам къызогъэзэгъ. Абы щыгъуэм деж гу лъызотэ езы цIыкIухэми зэрапкърыхьэм.
- Компьютерымрэ интернетымрэ гъащIэм щыщ Iыхьэ хъуащ. Дауэ уеплърэ, сэбэп ар, хьэмэ зэраныгъэ къишэрэ?
- Зэман къэсыху езым и «фащэ» иIэжщ. Дэ ди щIалэгъуэм щыгъуэ щыIащ комсомол, пионер. Гъэсэныгъэр щытепщэт школым. Телевизор деплъынуи дыхуэныкъуэтэкъым, уеблэмэ. Ауэ иджыпсту гъащIэм компьютерыр къыхыхьащи, абыи хэпщIыкIын хуейщ. Ар хъарзынэщ, цIыхум и лэжьыгъэр щегъэпсынщIэ. Дерсхэми къыщыдогъэсэбэп. Уеблэмэ а компьютер джэгукIэ цIыкIухэми сабийм и акъылым зрагъэужь. Нэхъыщхьэр - компьютерым узэрыбгъэдэс хъуну зэманыр хэхауэ щытынырщ. Зыдебгъэхьэхыщэ хъунукъым.
- Класс нэхъыжьхэр нэхъ тынш ебгъэджэну, хьэмэ нэхъыщIэхэр нэхъ къапщтэрэ?
- Нэхъыжьхэм нэхъ тыншу къыщIэкIынущ уадэлэжьэну. Школым къыщIэтIысхьа къудейхэм япэ хьэрфым щыщIэдзауэ тхэкIэ еджэкIэ ебгъэщIэн хуейщ. Ауэ сэ нэхъ цIыкIухэм садэлэжьэну нэхъ сфIэфIщ. Сыту жыпIэмэ, сэращ абы я щIэныгъэм и лъабжьэр зыгъэтIылъри, сыт яхэслъхьами къезгъэщIами си нэIэ щIэту, слъагъуу къыдокIуэтей. Абы гурыфIыгъуэ къызитыр нэхъ лъапIэщ сэркIэ.
- Масирэт, ущыстудентам и гугъу уэзгъэщIынут…
- 1986 гъэм сыщIэтIысхьэри, 1989 гъэм педучилищэр къэзухащ. А зэманым къуажэм сабий сад къыщызэIуахати, абы гъэсакIуэу сыкъагъэкIуэжауэ щытащ. Зы илъэс сыщылэжьа нэужь, 1990 гъэм КъБКъУ-м адыгэбзэмрэ урысыбзэмкIэ къудамэм сыщIэтIысхьащ. Ар 1996 гъэм къэзухащ. Педучилищэм адыгэбзэмкIэ дыщригъэджащ Гугъуэт Елизэветэ. «Къэрмэхьэблэ къыщыхъуахэм адыгэбзэр фIыуэ фощIэ, нэхъыфIыжуи зыхэфлъхьэн хуейщ» жиIэрт. Сыт ищIыскIи диунэтIащ, къыддэIэпыкъуащ, щIэныгъэ къыдбгъэдилъхьащ. ЩIэщыгъуэу екIуэкIащ студент гъащIэр. Абы епха гукъэкIыжхэр лъапIэщ сэркIэ. Гъэмахуэм губгъуэм дашэурэ драгъэлэжьыхьырт. Уеблэмэ а Iуэхугъуэми гурыфIыгъуэ къыхэтхырт - гупыр нэхъ зэкъуэт, зэрыIыгъ дищIырт абы. Уегупсысыжмэ, цIыху гъащIэм нэхъ тыншу хэтыр студент зэманрауэ къыщIэкIынущ - деджэн мыхъумэ, нэгъуэщI къалэн диIэтэкъым. Си щIалэгъуэм сыщытепсэлъыхьыжкIэ, иджы си бынхэр къызолъэIу щIэщыгъуэу зыгуэрхэр яжесIэжыну. Зы хъыбар къезгъэжьамэ, абы нэгъуэщIи сигу къигъэкIыжурэ сытопсэлъыхьыж.
- ЕгъэджакIуэм и лэжьыгъэм сыт хуэдэ гурыфIыгъуэ хэлъ?
- Ебгъэджа сабийм цIыху нэс къищIыкIамэ, гъащIэм увыпIэ гуэр щиубыдамэ - ар си дежкIэ насыпщ. «Себгъэджауэ щытат, сыпхуэарэзыщ», - жаIэу лъагъунлъагъу къыщыкIуэIам деж, абы егъэлеяуэ дыщогуфIыкI егъэджакIуэхэр. Iэмал имыIэу щыткъым дэтхэнэ ди еджакIуэри щIэныгъэлI мыхъункIэ. Нэхъыщхьэр хьэл-щэн дахэ зыхилъхьэнырщ, езым и лъагъуэ къигъуэтыжынырщ.
Епсэлъар Гугъуэт Заремэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2638.txt"
} |
Зи анэдэлъхубзэр зыIурылъым фIыщIэ хуэфащэщ
Налшык къалэм щыщ Балъкъэр Дианэ Чех Республикэм и Прагэ къалэм туризмымкIэ менеджер IэщIагъэр щызригъэгъуэтащ. И анэдэлъхубзэм къыдэкIуэу, Дианэ инджылызыбзэри чехыбзэри уэрсэру ещIэ, Прагэ и Карловэ университетым и лэжьакIуэщ икIи Урысейм и лIыкIуэу абы щIэх-щIэхыурэ макIуэ. Хъыджэбз жыджэрыр иджыпсту Налшык щопсэу икIи щолажьэ.
- «Адыгэбзэр зэзмыгьащIэу урысыбзэр сщIэн сльэкIакьым!» жиIэгьащ ди усакIуэ цIэрыIуэ КIыщокъуэ Алим. Зи анэдэлъхубзэр фIыуэ зыщIэм шэч хэлъкъым хамэ къэралыбзэхэр нэхъ тыншу зэрызригъэщIэфынум.
- Шэч хэмылъу, хамэ къэралыбзэхэр зэзгъэщIэнымкIэ си анэдэлъхубзэр фIыуэ зэрысщIэр дэIэпыкъуэгъу къысхуэхъуащ. Чехыбзэр къухьэпIэ-cлавян бзэ гупым хохьэ. Ар зыкъомкIэ урысыбзэм и къэпсэлъыкIэм тохуэ. Аращ ар СНГ-м хыхьэ къэралхэм щыпсэухэм тыншу щIызрагъэщIэфыр.
Адыгэбзэмрэ инджылызыбзэмрэ зэгъэщIэнымкIэ «Дипсэ» интернет сайтыр IэмалыфIщ, ауэ онлайн-псалъалъэ къудейкIэ Iуэхур зэфIэкIынукъым. Бзэр еджапIэм щыбджын е егъэджакIуэ щхьэхуэм и нэIэм ущIэту зэбгъэщIэн хуейщ, а бзэм ирипсалъэхэм щIэх-щIэхыурэ уепсэлъылIэн хуейщ. АдыгэбзэкIэ щыIэ художественнэ тхылъхэмрэ теленэтынхэмри абыкIэ дэIэпыкъуэгъуфIщ. Бзэр къэбгъэсэбэпмэ, тыншу пхузэгъэщIэнущ. Абы фIыуэ сыщыгъуазэщ, сыту жыпIэмэ, си анэр илъэс 35-рэ хъуауэ егъэджэныгъэм пыщIауэ мэлажьэ, Налшык къалэм дэт «Успех» школым адыгэбзэмкIэ щрегъаджэ. Урысейм щIыхь зиIэ и егъэджакIуэщ. Си анэм лъэпкъ псалъэжь куэд гукIэ ещIэ икIи щыпсалъэкIэ ахэр куэдрэ къегъэсэбэп.
- Щхьэусыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ адэжь хэкум пэIэщIэхэм я анэдэлъхубзэм пщIэрэ гулъытэрэ зэрыхуащIыр гуапэщ.
- Дэнэ щIыпIэ сыщыIэми, си анэдэлъхубзэр IэщIыб сщIыркъым. Си анэшхуэ АпекIуэ Ленэ Америкэм и Штат Зэгуэтхэм къикIыу Прагэ адыгэбзэкIэ тхыгъэ къыщысхуигъэхьам гуапэ дыдэ сщыхъуат.
Сэ къызэрыслъытэмкIэ, уи бзэм и пщIэр бгъэлъахъшэ хъунукъым. Дызэрыщыгъуазэщи, адыгэхэр дуней псом щикъухьащ. Ди бзэм хуэфащэ гулъытэ еттмэ, лъэпкъыр дызэфIэкIуэдынукъым. Дуней псом и плIанэпэ къэс зы адыгэ нэхъ мыхъуми и анэдэлъхубзэр щигъэIуфмэ, ар ехъулIэныгъэщ. Ар щIыжысIэращи, зыщыпсэум емылъытауэ зи бзэр зыIурылъым фIыщIэ хуэфащэщ.
Ди жагъуэ зэрыхъунщи, нобэ Урысейми нэгъуэщI къэралхэми Кавказыр я нэгу къызэрыщIэувэр нэхъапэIуэкIэ къэхъуа Iуэху мыщхьэпэхэмкIэщ. Аращ «Кавказым дыкIуарэт» жызыIэхэр щIэмащIэр. Абы щыгъуэми ди щхьэр лъагэу щIэтIэтын куэд ди щIыпIэм иIэщ: хьэуа къабзэ, гъэмахуи щIымахуи уэс зытелъ бгыхэр, псыежэххэр, мэзхэр. Ауэ «КавказкIэ» зэджэ медалым и лъэныкъуитIым щыщу нэхъыбэм ялъагъур нэхъ мыхъумыщIэращ. Сэ къызолъытэ, дэ етIуанэ лъэныкъуэр дгъэлъэгъуэну ди къалэну.
- Дианэ, иджыпсту сыт нэхъ узэлэжьыр?
- Чехыбзэм ехьэлIа курсхэрщ нэхъыбэу зэман зытезгъэкIуадэр. Псыхуабэ бзэ щIэныгъэхэмкIэ и университетым дэлажьэ МИАНО-м и гъусэу, гуп цIыкIухэм, цIыху щхьэхуэхэм папщIэ дерсхэр сот. КъищынэмыщIауэ, Чех Республикэм кIуэнухэм я тхылъхэр ягъэхьэзырынымкIэ, Чехием и еджапIэ нэхъыщхьэхэм щIэтIысхьэнухэм бзэм и лъэныкъуэкIэ садоIэпыкъу. Гъэ къэс ди щIыналъэм щыщ студент, лэжьакIуэ 12-20-м нэблагъэ Прагэ еджакIуэ е лэжьакIуэ макIуэ. Псом хуэмыдэу хъыбарегъащIэ технологиехэм пыщIахэр, медицинэ лэжьакIуэхэр.
Епсэлъар ТЕКIУЖЬ Заретэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2639.txt"
} |
Къэшэж Иннэ ящыгъупщэркъым
КъБКъУ-м и щIэныгъэ библиотекэм щекIуэкIащ «Светлый взгляд Инны Кашежевой» пшыхь гукъинэжыр. Ар къызэрагъэпэщащ КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, СССР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта усакIуэ, зэдзэкIакIуэ Къэшэж Иннэ къызэралъхурэ илъэс 75-рэ щрикъум ирихьэлIэу. Пшыхьыр иригъэкIуэкIащ КъБКъУ-м и библиотекэм и лъахэхутэ къудамэм и лэжьакIуэ Къэмбэчокъуэ Альбинэ.
Зэхыхьэ гуапэр ирагъэжьащ Къэшэж Иннэ и «Къафэ» усэмкIэ - езыр абы къеджэжу зытет дискыр къагъэсэбэпащ, адыгэ фащэ екIур зыщыгъ щIалэмрэ хъыджэбзымрэ къыдэфащ.
Къэмбэчокъуэ Альбинэ зэхыхьэм кърихьэлIахэм ягу къигъэкIыжащ Къэшэж Иннэ и гъащIэмрэ гуащIэмрэ теухуа Iуэхугъуэхэр. Абы къыхигъэщащ Къэшэжым и усэхэр зэрыщIэщыгъуэр, ахэр тхылъеджэ куэдым ягу зэрыдыхьар, я щIэупщIэм кIуэ пэтми зэрыхэхъуэр, цIыхухэм зэрызэIэпахыр.
- Иннэ Москва щыпсэуами, Къэбэрдей-Балъкъэрым гукIи псэкIи пыщIауэ, и лъэпкъэгъухэр фIыуэ илъагъуу, щIэх-щIэхыу къэкIуэжу щытащ. Абы и щыхьэту Къэшэжым усэ куэд триухуащ ди республикэмрэ абы щыпсэухэмрэ, - жиIащ зэIущIэр езыгъэкIуэкIым. - Горький Максим и цIэр зезыхьэ Литературэ институтыр Москва къыщиухащ 1972 гъэм. УФ-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм 1967 гъэм хыхьащ. «Вольный Аул», «Кавказ надо мною», «На розовом коне», «Незаходящее солнце», «Белый тур» усэ тхылъхэр, нэгъуэщIхэри и Iэдакъэм къыщIэкIащ, уэрэд 300-м щIигъу итхащ. Республикэм щыпсэухэм фIыуэ ялъэгъуа «Возьми меня в Балкарию!» уэрэдым композитор Къашыргъэ Билал макъамэ щIилъхьащ. И уэрэдхэр жаIэу щрагъэжьам, Иннэ и ныбжьыр илъэс 22-рэ къудейт зэрыхъур. Ар 2000 гъэм дунейм ехыжами, дэркIэ псэущ, и IэдакъэщIэкIхэм деджэхуи тщыгъупщэнукъым.
Пшыхьым къыщыпсэлъащ Къэшэж Иннэ зыцIыхуу щыта, абы теухуа конференцхэр къызэзыгъэпэща, «Поэзия Инны Кашежевой» тхылъыр къыдэзыгъэкIа, философие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Эфендиев Сэлихь.
Къэшэж Иннэ и усэхэми нэгъуэщIхэм хуатхахэми гъэхуауэ къеджащ Налшык къалэм и курыт еджапIэ №28-м, лицей №2-м я еджакIуэхэмрэ студентхэмрэ. Библиотекэм и унафэщIым и къуэдзэ Хьэмырзэ Ларисэ зэхыхьэм жыджэру хэта ныбжьыщIэхэм фIыщIэ яхуищIащ икIи щIыхь тхылъхэр яритащ. Пшыхьым кърихьэлIахэр ирагъэдэIуащ Къэшэжым и псалъэхэр зыщIэлъ уэрэдхэм.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "264.txt"
} |
«Бгыгъуанэжь»
«Бгыгъуанэжь» жыхуэтIэр Дзэлыкъуэ щIыналъэм, Къармэхьэблэ къуажэм деж, щыIэщ. Сыт хуэдэ транспорт лIэужьыгъуэкIи уIухьэфынущ, гъуэгур тэмэмщи. СэмэгурабгъумкIэ укъекIуэкIрэ и щхьэм удэкIуеймэ, бгы гъуанэм и щыгу утоувэ. ФIэщхъуныгъэ пхэлъмэ, къэхъуну узыхуейхэр уи гум ибубыдэ хъунущ. Согупсысыр: нэпкъым мыпхуэдэ гъуанэшхуэр къыхэщIыкIа хъун папщIэ лIэщIыгъуэ дапщэ дэкIын хуейуэ пIэрэ?! ЩIыуэпсым и ухуэныгъэ гъэщIэгъуэныр цIыхухэм я зэхуэсыпIэу, лъапIэныгъэ гуэру зэрыщытам шэч къытесхьэркъым. Уеблэмэ хуэбгъэфащэ хъунущ тхьэлъэIупIэу яIауэ.
Бгы гъуанэжьым и деж дыщытт… Уафэм сыдоплъейри, хуэмурэ и дамэр ишэщIу бгъэр щызолъатэ. Нэпкъым сыщхьэщохьэ. Си нитIыр зэтызопIэри… телъыджэ… дунейм макъ зэхуэмыдэхэр къыщIоувэ. Жыгхэр зэрыщхъыщхъым, къуалэбзухэм, жьыбгъэр зэрыфийм дунейм псэ къыIуагъакIэрт. «Мыбы цIыху макъыр хэтыжамэ!», - жысIэу сыщегупсысым, си гъусэхэм ящыщ ину къогуо: «Уэхьэхьеееей! Сызэхэфхрэ?!» ЦIыху макъым щIыуэпсым зыпхидзри, зиIэтащ. ИтIанэ жьым хэзэрыхьри, бгыгъуанэжьым и къуагъкIэ щыIэ блэкIам хыхьащ. «Узэхызох, узэхызох…», - сыпэджэжащ зэсшэлIащ си гъусэм.
Котляров Виктор.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2640.txt"
} |
Саугъэтхэмрэ фIыщIэ тхылъхэмрэ
Егъэджэныгъэ IэнатIэм къэрал гулъытэ хэха зэригъуэтым и щыхьэтхэр мащIэкъым. Абы адэкIи зегъэужьыныр къапэщылъ къалэн нэхъыщхьэхэм зэращыщыр я псалъэхэм мызэ-мытIэу къыщыхагъэщащ УФ-ми КъБР-ми я Iэтащхьэхэм. Къэрал унафэщIхэр хуэнабдзэгубдзаплъэщ еджапIэхэм я мылъку-техникэ лъабжьэр гъэбыдэным, егъэджакIуэ IэщIагъэм и пщIэр, егъэджэныгъэм и фIагъыр къэIэтыным, IэнатIэм зи Iуэху зехьэкIэмкIэ къыщыхэжаныкI егъэджакIуэхэри абыхэм я гъэсэнхэри гъэпэжэным. Аращ зытещIыхьар КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иджыблагъэ Iэ зыщIидза и унафэхэм ящыщ зыри.
А унафэм ипкъ иткIэ ахъшэ саугъэтхэмрэ фIыщIэ тхылъхэмрэ иратынущ 2020-202I гъэ еджэгъуэ блэкIам къриубыдэу екIуэкIа школ олимпиадэхэм пашэ щыхъуа школакIуэхэмрэ ахэр зэпеуэхэм хуэзыхьэзыра егъэджакIуэхэмрэ. Республикэм и Iэтащхьэм къыбгъэдэкI саугъэтхэр хуагъэфэщащ Урысейпсо олимпиадэм и кIэух зэпеуэм щытекIуа ныбжьыщIи 3-м, а зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэм пашэ щыхъуа школакIуэ 48-м, анэдэлъхубзэхэмкIэ екIуэкIа республикэпсо олимпиадэхэм щытекIуа еджакIуи 7-м, а ныбжьыщIэхэр зэпеуэхэм хуэзыхьэзыра егъэджакIуэ 56-м. Республикэ Iэтащхьэм и саугъэтыр зратыну школакIуэхэм я нэхъыбапIэр хамэ къэралыбзэхэмкIэ, биологиемкIэ, физкультурэмкIэ, экологиемкIэ, тхыдэмкIэ, обществознаниемкIэ, литературэмкIэ екIуэкIа зэпеуэхэм хэтахэращ.
Къыхэдгъэщынщи, Урысейпсо, щIыналъэпсо школ олимпиадэхэм щытекIуахэмрэ абыхэм къыхэжаныкIахэмрэ апхуэдэу саугъэтхэмкIэ гъэпэжэныр мы гъэм япэу къыхалъхьауэ аращ. КъБР-м и Iэтащхьэм а Унафэм лъабжьэ хуищIащ дызэрыт илъэсым и накъыгъэ мазэм КъБР-м и Парламентым Зэрызыхуигъэзауэ щыта дэфтэр нэхъыщхьэм къыхигъэбелджылыкIауэ щыта Iуэхугъуэхэр. Абы итт: «Зи лъэпкъ тхыдэр, щэнхабзэр, анэдэлъхубзэр зыфIэхьэлэмэт, ахэр зыджыну гукъыдэж зиIэ ныбжьыщIэхэр а Iуэхугъуэхэм нэхъри тегъэгушхуэн хуейщ. Анэдэлъхубзэр хъумэныр – ар къэкIуэну щIэблэхэм я пащхьэм дыщиIэ къалэнзщ. Ар къызыхуэтыншэу зэфIэтхын папщIэ, тлъэкI псори тщIэн хуейщ… Дэтхэнэ сабийми бгъэдэлъ зэфIэкIыр наIуэ къэтщIыным делIэлIэн хуейщ. Абы хуэдгъэлэжьэн хуейщ методикэ пэрытхэр, егъэджакIуэхэм я зэфIэкI лъагэр, езы еджакIуэхэми я къарурэ зэманрэ. Олимпиадэхэр хэкIыпIэфIщ ныбжьыщIэхэм ябгъэдэлъ зэчийр къэпхутэну, хэIущIыIу пщIыну, я пщIэр жылагъуэм къыщыпIэтыну».
А псори къилъытэри, КIуэкIуэ Казбек унафэ ищIащ сабий зэчиифIэхэмрэ абыхэм я унэтIакIуэхэмрэ ахъшэ саугъэткIэ гъэпэжэным ехьэлIауэ. Урысейпсо олимпиадэхэм я кIэух Iыхьэм щытекIуа ныбжьыщIэхэмрэ ахэр зэпеуэм хуэзыхьэзыра я егъэджакIуэхэмрэ мы гъэм къыщыщIэдзауэ илъэс къэс иратынущ сом мин 50 зырыз, а олимпиадэхэм я призерхэмрэ ахэр зыгъэхьэзыра егъэджакIуэхэмрэ – сом мин 25-рэ зырыз, зэпеуэхэм я щIыналъэ Iыхьэхэм щытекIуахэмрэ анэдэлъхубзэхэмкIэ екIуэкI хабзэ республикэпсо зэхьэзэхуэхэм пашэ щыхъуахэмрэ, апхуэдэуи абыхэм я егъэджакIуэхэм – сом мин I5 зырыз.
Урысейпсо олимпиадэхэм, абыхэм я щIыналъэ Iыхьэхэм щIэныгъэ куу къыщызыгъэлъэгъуа ныбжьыщIэхэми абыхэм я егъэджакIуэхэми дохъуэхъу ябгъэдэлъ зэфIэкIхэм адэкIи хагъахъуэу, я мурадхэмрэ хъуэпсапIэхэмрэ лъэIэсу, ехъулIэныгъэщIэхэр зыIэрагъэхьэу псэуну.
ЖЫЛАСЭ Маритэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2641.txt"
} |
ТекIуэныгъэ къабзэхэм я мастер
Псэужамэ фокIадэ мазэм и ныбжьыр илъэс 75-рэ ирикъунут спортсмен цIэрыIуэ Урысейм щIыхь зиIэ и тренер Багъэтыр Леонид.
Багъэтыр Маулэ и къуэ Леонид къыщалъхуащ Курп Ищхъэрэ къуажэм. И ныбжьэгъу цIыкIухэм ар къарукIи узыншагъэкIи къазэрыщхьэщыкI щыIэтэкъым. ЩIалэ цIыкIум и къуажэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ зыгъэсэн щыщIидзащ. А лъэхъэнэм куэдым я фIэщ хъуртэкъым IэмащIэлъэмащIэ цIыкIум профессинал спортым апхуэдэ лъагапIэшхуэхэр къыщызэринэкIыфыну. Ауэ, Леонид зыхуигъэувыжа плъапIэм псэемыблэжу етауэ хуэкIуэрт.
Налшык дэт Педагогикэ ущилищэр къиуха нэужь Багъэтырыр щIэтIысхьащ Осетие Ищхъэрэ къэрал университетым физическэ гъэсэныгъэмкIэ и факультетым. ЕхъулIэныгъэм и пкъыгъуэхэр зэлъытар ерыщагъымрэ бэшэчагъымрэ я закъуэкъым, атIэ уи кIэн къызэрикIми куэд иIыгъщ.
Апхуэдэ насып хэмытауэ пхужыIэнукъым ди лIыхъужьым и гъащIэми. Орджоникидзе (иджы Владикавказ) бэнэкIэмкIэ зыгъэсэн щыщIидзам абы тренер хуэхъуащ РСФСР-м щIыхь зиIэ и тренер Суменов Кермен. Абы щыгъуэм Леонид триухуащ алыдж-урым бэнэкIэм къикIыу бэнэкIэ хуитым нэхъ тегъэщIапIэ хуищIыну. Езы Багъэтырым и псалъэхэм къызэрыхэщыжымкIэ, бэнакIуэ хуэдэу ар лъэ быдэкIэ щыувар Осетие Ищхъэрэрщ.
Зыгъэсэныгъэхэм ар псом япэу пэшым къекIуалIэрт, щыщIэкIыжри псоми яужьт. Апхуэдэ ерыщагъыр зыхэлъ гъэсэныр зылъагъу тренерым языныкъуэхэм деж спортменыр щIихужын хуей хъурт. Ауэ Леонид хэкIыпIэ къигъуэтащ, общежитэм щиIэ и пэшыр спортзал пэлъытэу къызэригъэпэщащ. Абы и Iэзагъым щригъэфакIуэрт.
Багъэтырым и спорт гъащIэм нэхъ къыщыгъэщыпхъэу къэплъытэ хъунущ I974 гъэр. Абы щыгъуэм Мэзкуу и командэ къыхэхам хэту ар щытекIуащ Венгрием щекIуэкIа дунейпсо зэхьэзэхуэм. Венгр газетхэм Леонид къыщыфIащащ «текIуэныгъэ къабзэхэм я мастер» фIэщыгъэцIэр. Езы спортсменым иужькIэ наIуэ къищIащ и текIуэныгъэхэм я щэхур. Ар зытетыр «нэхъ псынщIэу утекIуэмэ – нэхъыбэрэ зыбгъэпсэхунщ» гупсысэрт. А гъэ дыдэм и гъэмахуэм Багъэтырым къихьащ Дунейпсо кубокыр. ТекIуэныгъэм щыхуэкIуэм чемпионым гугъуехьышхуэ къызэринэкIащ. Зэхьэзэхуэр щекIуэкIыр Канарэ хытIыгухэм хыхьэ испан Лас-Пальмас къалэрт. И дэфтэрхэм щыуагъэ гуэр хэту къыщIэкIри Совет Союзым и командэ къыхэхам щIыгъуу Леонид къэралым илъэтыкIыфакъым. Псори зэрагъэзэхуэжа нэужь щIалэщIэр гупым ялъэщIыхьэжащ.
Япэ дыдэ къекIуэкIыгъуэм абы зэIущIэ хьэлъэ щыдригъэкIуэкIащ Болгарием щыщ спортсменым. И хьэрхуэрэгъум текIуэныгъэр зэрызыIэщIимыгъэкIынум шэч къыщытумыхьэжым, Леонид абы и лъакъуэм щIыхьащ, лъагэу къиIэтри и блэгъукIитIымкIэ тридзащ. КъыкIэлъыкIуэу ди лъэпкъэгъур ефIэкIащ США-мрэ Иранымрэ я бэнакIуэхэм. Багъэтырым зэрыжиIэжымкIэ, а медалыр псом нэхъ лъапIэт и дежкIэ. Абы игу къигъэкIыжт текIуэныгъэ къызэрихьар къыгурмыIуэ щIыкIэ зэрыкомандэу алэрыбгъум къызэрытелъэдар. Гупым къыдыхэтхэм ар къаIэтауэ драдзейрт. ИтIанэщ абы къыщыжраIар тхуэнейрэ дунейпсо чемпионыр, ди бэнакIуэхэм зэи зы балли къызыфIамыхьыфа спортсменыр, зэрыхигъэщIар.
Олимп джэгухэм хэмыхуа нэужь Багъэтырым и Iэзагъыр тренер лэжьыгъэм хуиунэтIыну. ИкIи щыуакъым. Абы и гъэсэнхэм къахэкIащ дунейпсо зэхьэзэхуэхэм щытекIуа, къыщыхэжаныкIа спортсмен цIэрыIуэхэр.
КъищынэмыщIауэ, Леонид игъэсащ Сириемрэ Италиемрэ я бэнакIуэхэр. Тренер лэжьыгъэр къигъэна иужькIи ар набдзэгубдзаплъэу кIэлъыплъащ спортсменхэм, зэхьэзэхуэхэм, спортым щыхъыбархэм. Хабзэхэм зэрызихъуэжар IэмалыщIэ куэдхэр къызэрежьар къилъытэу, Багъэтырым къыхигъэщырт, бэнэкIэ хуитымкIэ совет школым а лIэужьыгъуэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуищIар.
Ди фIэщ мэхъу, Багъэтыр Леонид и спорт гъащIэр къыдэкIуэтей ныбжьыщIэхэм я дежкIэ щапхъэ зэрыхъунур. Ерыщагъымрэ гъэсэныгъэмрэ спортым имызакъуэу, цIыху гъащIэм и дэтхэнэ унэтIыныгъэми ехъулIэныгъэ къыщыхуэзыхь пкъыгъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ.
Багъэтырхэ Азэмэтрэ Иннэрэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2642.txt"
} |
ТхьэIухудхэм я гуащэ Хъалис Кериман
1932 гъэм Бельгием щекIуэкIа ТхьэIухудхэм я япэ дунейпсо зэпеуэм щытекIуа Кериман Халис Эдже Тамер (1913 - 2012) 1913 гъэм мазаем и 16 Истамбыл къыщалъхуащ.
щытым деж щыпсэуащ. И адэм и лъэныкъуэкIэ хъыджэбзыр щыщщ Быжнэу унэцIэр зезыхьэ убых лъэпкъым.
Дахагъэм и гуащэ хъуныр зи натIэм иту къыщIэкIа пщащэм и адэшхуэр сулътIаным пэщэуэ бгъэдэтахэм язщ, и анэХъыджэбз цIыкIур тырку сатуущI Тэуфикъ Хъалис Бей и еханэ сабийт. Ар къыхэкIащ 1864 гъэм Урыс-Кавказ зауэ нэужьым и хэкур зыбгынэу Уэсмэн къэралыгъуэм Iэпхъуа адыгэ-абхъаз унагъуэм. Кериман и адэжьхэр нобэ Адлер урыс къалэр здэдэлъхумрэ и анэшыпхъумрэ зэчий хъарзынэ зыбгъэдэлъ музыкэ IэщIагъэлIхэт. ЗэрыжаIэмкIэ, Кериман и анэшыпхъу Невессер Кокдешщ япэу Тыркум макъамэ щызэхэзылъхьэн щIэзыдза, иужькIэ композитор цIэрыIуэ хъуа бзылъхугъэр.
Адэ-анэм хъыджэбзым щIэныгъэфI ирагъэгъуэтащ. Пщащэм и дахагъэм зэрыцIыкIурэ гулъытэр зришалIэрт. Кемаль Мустэфа (Ататюрк) тепщэгъуэр къыIэрыхьа нэужь, къэралым къухьэпIэ хабзэхэм зритати, щIэуэ къыхалъхьэхэм ящыщу, Дахагъэ зэпеуэхэр ирагъэкIуэкIыу къаублат, апхуэдэ IэмалкIэ тырку цIыхубзхэр зыужьыныгъэм пэгъунэгъу ящIу ялъытэу. ГурыIуэгъуэщ а зэпеуэхэм хэтыну Кериман мызэ-мытIэу зэрырагъэблэгъар. ЗэраIуэтэжымкIэ, «ар иджыри цIыкIущ» жиIэурэ, и адэм пщащэр зэхьэзэхуэм яшэну къэкIуахэм тхуэнейрэ «хьэуэ» яжриIащ.
Хъыджэбзыр къыдэкIуэтейуэ адэ-анэм зэпеуэм хэтыну хуит зэращIу, ар япэщIыкIэ езыр зыдэс къалэм дэт еджапIэм, итIанэ – щIыналъэм щытекIуащ. 1932 гъэм Кериман езым хуэдэ хъыджэбз 50-м япэ ищри, Тыркум и япэ тхьэIухуд хъуауэ щытащ.
А илъэс дыдэм ар хагъэхьащ Бельгием щыщ Спа къалэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэм. А къалэм ТхьэIухуд зэпеуэхэр 1888 лъандэрэ щрагъэкIуэкI хабзэт, ауэ 1932 гъэрщ абы япэ дыдэу дунейпсо мыхьэнэ щигъуэтар. Къэрал 27-м къикIа хъыджэбз тхьэIухудхэм Кериман нэхърэ а цIэр нэхъ зыхуэфащэ яхэмыту къалъытащ.
Убых пщащэр зэрытхьэIухудым шэч хэлътэкъым. Ауэ ипэжыпIэкIэ гъуазджэм нэхърэ политикэр япэ нэхъ щрагъэща а зэпеуэм и къэпщытакIуэхэм я унафэщIым Кериман утыкум къыщришэм жиIар Iущым дерс зыхихыпхъэ псалъэщ: «Нобэ Европэм чыристан диныр зэрыщытекIуар догъэлъапIэ. Илъэс 1400-кIэ дунейм щытепщэу щыта ислъам диным кIэ еттащ! Муслъымэнхэм я лIыкIуэ тхьэIухуд Кериман нобэ зэрызагъэпскI щыгъынкIэ ди пащхьэ итщ. Мыгъэм дэ къыхэтхыр Дахагъэм и гуащэкъым, дгъэлъапIэр Европэм чыристан диныр зэрыщытекIуарщ. Езым и лъэхъэнэм франджыхэм къэфэн щезыгъэгъэтыжа Сулеймэн Телъыджэм и щIэблэм щыщ хъыджэбзыр нобэ зэрызагъэпскI щыгъынкIэ ди пащхьэ къиуващ, дигу зригъэхьыну хуейуэ. Дэ дигу ирохь а пщащэр икIи муслъымэнхэм я пщэдейрей махуэр абы къытенэну дыщыгугъыу, тырку тхьэIухудым «Дахагъэм и гуащэ» («Мисс мира») цIэр фIыдощ, ди бжьэхэри доIэт, Европэм и текIуэныгъэр дгъэлъапIэу».
ЗэрыжаIэмкIэ, Кериман къамыцIыхумэ нэхъ къищтэу, Iэмал иIэмэ, утыку имыхьэу псэуащ. Илъэс 99-м иту, къуитIрэ къуэрылъху 13-рэ зыпIа анэр 2012 гъэм дунейм ехыжащ.
Чэрим Марианнэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2643.txt"
} |
Испы унэу ацангуархэр
ЗэрытщIэщи, ди планетэм и щIыпIэ куэдым дыщрохьэлIэ зи къежьэкIэ хъуар щIэныгъэлIхэми цIыху къызэрыгуэкIхэми нобэр къыздэсым яхузэхэмыгъэкIа ухуэныгъэ телъыджэхэм.
Абыхэм ящыщщ Кавказ Ищхъэрэм хы ФIыцIэмкIэ егъэзэкIа и лъагапIэхэм, нэхъ пыухыкIауэ къыжытIэмэ, ТIуапс и псыхъуащхьэхэм къыщыщIэдзауэ иджырей Абхъазым и бгыщхьэ щIыпIэхэри къызэщIэзыубыдэхэм, дызыщрихьэлIэ, абхъазхэм «ацангуар» («ацан» - «цIыкIужьей», «гуарэ» - «IущIапIэ») зыхужаIэ мывэ хъунэхэр.
«Псэм и лъахэ» фIэщыгъэр зытрагъэIукIа щIыналъэм щыпсэухэм я деж ноби къыщекIуэкI хъыбарыжьхэм ящыщ зыщ псы къуэпсхэм я къежьапIэ къуршыщхьэхэм деж, ар я хэщIапIэу, лъэпкъ цIыкIужьей гуэр, я лъагагъкIэ мыин дыдэу, зэрыщыпсэуам теухуар. Ацангуархэр зи IэдакъэщIэкIыу щытахэри, зэрыхуагъэфащэмкIэ, ахэращ.
Урыс ботаник икIи географ цIэрыIуэ Альбов Николай 1892 гъэм щыIащ Абхъазым и бгыщхьэ щIыпIэхэм. Абдежым щIэныгъэлIым щригъэкIуэкIа къэхутэныгъэм къыхиха гупсысэщ мы щIыпIэхэм лъэпкъ цIыкIужьей гуэри зэримысам ехьэлIар. Абы къызэрилъытэмкIэ, мывэ хъунэхэр зи Iэужьыр зэман жыжьэхэм бгыщхьэхэм теса Iэщыхъуэхэмрэ егъэзыпIэ къыщызылъыхъуэу щыта щакIуэхэмрэщ. АтIэми, аращ узэгупсысыр, езы мывэ хъунэхэр щагъэувауэ щыта щIыпIэхэм я нэхъыбапIэр мэз зэрыт икIи псы къыщыщIэж жьанэхэм зэрапэгъунэгъур къэплъытэкIэ.
АрщхьэкIэ, мы Iуэхум мыгурыIуэгъуэ гуэрхэри хэлъщ. Псом япэрауэ, зи гугъу тщIы ухуэныгъэхэм я лъагагъыр метррэ ныкъуэм фIэкIыркъым. ЕтIуанэрауэ, ахэр зэрызэтралъхьа къыр дзакIэ гуэмыупсыкIахэм я зэхуакухэр тIэкIу иныIуэхэщи, абыхэм я къуагъым, Iэщми цIыхуми, зэрызыкъуагъэпщкIуэу щыта щIыкIэр гурыIуэгъуэкъым, жьыр ямылейуэ зэрыщызэпекъум къыхэкIыу.
Ацангуархэм я лъахэщ бгыщхьэхэм дызыщрихьэлIэ Мзы хыжьейм и Iэгъуэблагъэри. Зи кIыхьагъыр километритIым нэблагъэ сэрейкIэ, къыр дзакIэ гуэмыупсыкIахэмкIэ, зэпыщIа мывэ хъунэхэр удз щхъуантIэм къыхэхужьыкIыу щыплъагъукIэ умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым.
Псхьу «быдапIэм»
«Испы мывэ хъунэхэр» зищIысыр зэхигъэкIыну яужь ихьауэ щытащ совет лъэхъэнэм псэуа, Абхъаз щIыналъэм и бгылъэ щIыпIэхэр и кIыхьагъкIэ къызэхэзыкIухьа, археолог, кавказовед Воронов Юрий. И пщэ дилъхьэжа а къалэныр игъэзащIэу ар зыбжанэрэ щыIащ Бзыбэ и псыхъуащхьэхэм дэс Псхьу къуажэ цIыкIум и Iэгъуэблагъэм.
А лъахэм, нэхъ пыухыкIауэ къыжытIэмэ, Бавю псы бгъунжыр Бзыбэ щыхэхуэжым деж зыкъыщызыIэт пэнтхым и щыгум Воронов Юрий къыщигъуэтат пасэ зэманхэм я щIэинрэ быдапIэжьу къызэрекIуэкIар зыгъэнэрылъагъу ухуэныгъэ телъыджэ. А «къалэжьым» и мывэ дзакIэжьхэр къыхэзыгъэкъэбзыкIыжа щIэныгъэлIым къызэрилъытэмкIэ, зы лъэныкъуэкIэ дыкъыщеплъмэ, абдежым итагъэнущ, зи Iэ къикIар мыгурыIуэгъуэ дыдэми, Псхьу щIыналъэр зыхъумэу икIи зыгъэбжьыфIэу къекIуэкIа быдапIэжь гуэр. НэгъуэщI лъэныкъуэкIэ дегупсысмэ, ухуэныгъэр хъыбарыжьхэм къыхэщ испы лъэпкъым, «ацангуархэр» зи IэдакъэщIэкIыу ябжым, я щIымахуэ егъэзыпIэу щытагъэнущ...
Дапхуэдэу щымытами, зи гугъу тщIы мывэ хъунэхэр ноби къонэж щэху куэд зыгъэпщкIуа ухуэныгъэ телъыджэхэу.
КЪУМАХУЭ Аслъэн.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2644.txt"
} |
КИНГСТОН УИЛЬЯМ ГЕНРИ ДЖАЙЛС
Кингстон Уильям (1814 - 1880) ныбжьыщIэхэм папщIэ тхылъ нэгузыужьхэр зытхыу щыта инджылыз тхакIуэщ. КъызэрыщIэкIымкIэ, Кингстон1844 гъэм япэ дыдэу и Iэдакъэ къыщIэкIа «Адыгэхэм я пашэ» («TheCircassianchief») романым лъабжьэ хуэхъуа хъыбарыр ди лъэпкъымXIX лIэщIыгъуэм иригъэкIуэкIа бэнэныгъэрщ. ЛIыхъужь нэхъыщхьэу тхыгъэм къыхэщ адыгэпщ Аслъэнджэрий, абы и къуэ Сэлим, ипхъу Айнэ сымэ я хъуреягъкIэ екIуэкI гъащIэр щапхъэу къещтэри, тхакIуэм адыгэ хьэлри, абыхэм къадекIуэкI хабзэхэри, пшыналъэхэри инджылыз тхылъеджэм и нэгу къыщIегъэувэ. ГъэщIэгъуэн дыдэщ Стивенсон Роберт, Киплинг Редьярд, Рид Майн сымэ хуэдэу Кингстон и романхэмхэм щыщу урысыбзэкIэ зэрадзэкIам «Адыгэхэм я пашэр» зэрахэмыхуар. НапэкIуэцI щищым нэблагъэ тхыгъэ щIэщыгъуэр, гунэсу си бзэкIэ сыкъеджащэрэт зэрыжыпIэм къыщымынэу, инджылызыбзэр щызэрагъащIэ еджапIэхэм я дерсхэми къыщагъэщхьэпэфынущ. Инджылыз тхакIуэм и IэдакъэщIэкIым щыщ пычыгъуэ ди гуапэу фи пащхьэ идолъхьэ. Ар теухуащ Айнэ, и адэмрэ и дэлъхумрэ къэтыху, пщы уэлий Айтэч Джэрий и къуэрылъху Зарэ и гъусэу я деж зэрыщыIамрэ абы къыщыщыщIамрэ.
Адыгэхэм я пашэ
АЙНЭ гухэщI куум иIыгът, и адэмрэ и дэлъхумрэ зауэ IэнатIэм Iухьэну щежьэм. Абыхэм къащыщIынкIэ хъунум щегупсыскIэ, фIым зэрыщымыгугъыфым игъэнэщхъейт. Пщащэм куэдыIуэрэ и нэгу щIэкIат адэр, щхьэгъусэр е дэлъхур къыщысыжынум нэхъуеиншэу пэплъэ и лъэпкъэгъу бзылъхугъэхэм, зыщыгугъым и пIэкIэ, фIыуэ ялъагъухэм я Iэпкълъэпкъым къыхэнэжар пхъэмбей лъы защIэм телъу ныбжьэгъухэм къызэрыхуахьыжыр. Апхуэдэ гукъутэ Айнэ зэи зыхищIатэкъым, итIани абыи фIы дыдэу ищIэрт а гузэвэгъуэр езыми къыпэплъэу къыщIэкIынкIи зэрыхъунур. ЩIыналъэр зэщIэзыщта зауэ шынагъуэм и Iэуэлъауэхэм и гур якъуз зэпытт.
Зарэ лъэкI къигъанэртэкъым и ныбжьэгъур тригъэун, и гукъыдэжыр къыхуиIэту нэщхъеягъуэр щхьэщихын папщIэ. Ауэ абыи фIы дыдэу къыгурыIуэрт ар зыщышынэр, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ абы илъэгъуат я хэкур зэтезыкъутэ бийм пэщIэту яукIа и адэ хахуэр щIыIэмылу диижауэ мэIум телъу къызэрахьыжар. А зырат зи ныбжь хэкIуэта и адэшхуэм щIэгъэкъуэну иIэжыр. Арат лIыжьыр гугъэ къыхуэмынэжауэ зыхуэщыгъуэр, сыту жыпIэмэ абы и лъэпкъыр хэзымыгъэкIуэдэжын, и щIэблэр шынагъуэм щызыхъумэн къуэ иIэжтэкъым. Зи адэр дунейм ехыжа Зарэ и нэчыхь Iуэхур иджы я лъэпкъым и нэхъыжьым и IэмыщIэ ихуэнущ. Абы къыфIэIуэхунукъым пщащэм и гум къимыщтэ цIыху псэгъу къыхуэхъункIи зэрыхъунур. Аращи, Зарэ къыпэщылъыр шынагъуэ гуэрщ. Лъэпкъыр зауэм Iузышэфын, мамыр гъащIэми унафэ щызезыхьэфын пашэ хахыну загъэхьэзыр. Хъыджэбз тхьэмыщкIэр зыми къыфIэIуэхукъым.
Апхуэдэт пщащэ лъагъугъуафIэм зэригъэзахуэ гупсысэхэр. Зэныбжьэгъу хъыджэбзитIым я гукъеуэхэр зэхуаIуэтэху, хуэм-хуэмурэ псэкIэ нэхъ зэпэгъунэгъу хъуащ.
Зарэ тхьэ иIуэрт и гур зытхьэкъуфын зы щIалэ закъуэ фIэкIа щымыIэу, зэрыхуигъэфащэмкIэ, езыми фIыуэ къилъагъуу. Ауэ абы мылъку бгъэдэлъкъым, пщIэшхуэ зиIэхэми ящыщкъым. Хуэзэну мащIэ дыдэрэ фIэкIа къызэрыхуимыхуам хуэдэу, Зарэ и ныбжьэгъу пщащэм и тхьэкIумэм иIущащэрт, Алъп щэныфIэр фIыуэ илъагъуу жиIэу.
ЗэзыдзэкIар Чэрим Марианнэщ
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2645.txt"
} |
ЩIыгум и зэхэлъыкIэ
Бгыжьэ - бгы дурэш зэв. Щапхъэ: «Бгыжьэм и лъабжьэр кIыхьу, кууэ щIэупщIыкIат». (Шортэн Аскэрбий).
Губгъуэшэкъракъ - зыри щымыпсэу, къэкIыгъэ щIагъуи къыщымыкI губгъуэ нэщI.
ГузэпыщIэ - IуащхьитI зэхуакур зэпызыщIэ, уанэгум ещхь щIы Iыхьэм, щыгу зиIэ щIыпIэ хэIэтыкIа зэпэгъунэгъуитIым я зэпылъыпIэм апхуэдэу йоджэ. Щапхъэ: «Игужь ипщэм къежэха шумрэ игужь ищхъэрэм къежэха мыщэмрэ гузэпыщIэм щызэIущIащ» (Адыгэ IуэрыIуатэ).
Гъуэдыдж - гъуэ, бгъэнщIагъ куу. Щапхъэхэр: «Чей лъабжьэм и щIэм зы гъуэдыдж гуэр иIэт, унэмыплъысу»; «Ар зы махуэ гуэр зекIуэ къикIыжу къуршымкIэ къыщыщхьэдэхыжым, зы гъуэдыдж гуэр IущIащ» (Адыгэ IуэрыIуатэ).
Гъуэжлау - гъуащхьэ куэд зиIэ щIыпIэ. Щапхъэ: «Iуащхьэ лъапэм ущымыжей, гъуэжлау Iуфэхэм убгъэдэмыхьэ». («Iуащхьэмахуэ» журнал).
Гъуэфылъэ – Уэх мыхьэнэр къикIыу, Псыжь, Инжыдж псыхъуэхэм дэс адыгэхэм я деж щызекIуэ псалъэщ. Щапхъэ: «Шыхъуэм шы гуартэр IуащхьэжьитIым яблихури гъуэфылъэм ириутIыпщхьащ». (Адыгэ IуэрыIуатэ).
ДамэщI - дапхъэ теплъэ зиIэу, бгы нэкIухэм узыщрихьэлIэ занщIапIэ. Мыри къэбэрдей хьэжрэтхэмрэ беслъэнейхэмрэ я деж щызекIуэ псалъэщ. Щапхъэ: «Мэкъу дыгъэл Iэтэшхуэхэр джабэ дамэщI цIыкIухэм къоувэ». («ЛъэбакъуэщIэхэр»).
ДэкIыней - узыдэкIыну гугъу. Щапхъэ: «Адрей бжьэпэхэр задэщ, дэкIынейщи, уи щхьэр ерагъыу пхудэх къудейщ». («Iуащхьэмахуэ» журнал).
Жьанэ - къуэладжэр ищхьэу е и лъабжьэу щызэхуэкIуэ, щиух. Щапхъэ: «Дэ ды къущхьэт, къущхьэ жьанэм дыщалъхуат, Дэ дыкъэзылъхугъэри дыщэкI унагъуэти, ар мэунэ». (Уэрэдыжь).
ЛУЦЭ СулътIан.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2646.txt"
} |
Ди щIыпIэхэм къыщалъыхъуэ
ХьэкIэкхъуэкIэхэр хъумэнымкIэ дунейпсо фондымрэ (WWF) ЩIэныгъэхэмкIэ урысей академием Бгылъэ щIыпIэхэм я къабзагъэм кIэлъыплъ и институтымрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щрагъэкIуэкIащ закъуэтIакъуэу фIэкI ямылъагъуж къуалэбзу лIэужьыгъуэхэр къэлъыхъуэным и экспедицэ.
Бзу абгъуэхэр къэлъыхъуэныр, къыщагъуэт щIыпIэхэр картэм итхэныр «Мэзыр дывгъэхъумэ – ар къуалэбзухэм я унэщ» Iуэхум хэту йокIуэкI. ШыщхьэуIум къуалэбзухэм я лъыхъуакIуэхэм щIащыкIащ Бахъсэн, Балъкъ псыхъуэхэр.
2000 гъэхэм а щIыпIэхэм щIагъуэу узыщримыхьэлIэж къуалэбзухэм я абгъуэхэр къыщагъуэтауэ зэрыщытам къыхэкIыу, иджыри къытрагъэзащ. Проектым и къызэгъэпэщакIуэхэм ящыщ Мнацекалов Роман зэрыжиIамкIэ, мызыгъуэгукIэ ди республикэм къыщагъуэтащ къуршыбгъэм и абгъуитI. Зы абгъуэм бзу шыр ист, етIуанэм илъэтыкIауэ ирихьэлIащ.
ГЪУЭТ Синэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2647.txt"
} |
Банкым и махуэр игъэлъапIэу
«ХъумапIэ бынкым» и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэр илъэси 180-рэ зэрырикъур Налшык Iэтауэ щагъэлъэпIащ.
Абы къыщызэрагъэпэща лъэпкъ пщIантIэхэм фащэхэр, пасэрей хьэпшыпхэр, IэпщIэлъапщIэхэм я IэрыкIхэр, тхылъ, шхынхэкI зэмылIэужьыгъуэхэр щыплъагъунут. А Iуэхухэм хэтащ ТуризмэмкIэ Федеральнэ агенствэм и унафэщI Догузовэ Заринэ, КъБР-м и Правительствэм, Налшык къалэ Администрацэм я лIыкIуэхэр.
«ХъумапIэ бынкым» и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщI Бейтыгъуэн Залинэ жиIащ мы IуэхухэмкIэ ди щIыналъэм и беягъэр, абы и тхыдэр, и щэнхабзэ дахэр ди республикэм щыпсэухэм иджыри зэ ягу къагъэкIыжын мурад зэраIэр.
- Хуабжьу дыщогугъ мыбы кърихьэлIахэр, музейм кIуа хуэдэ, лъэпкъхэм я щэнхабзэм, гъуазджэм, тхыдэм нэхъ гъунэгъу хуэхъуауэ. Ди гуапэщ ди мурадхэр хьэрычэт цIыкIу зыщIэхэм къызэрыддаIыгъар, - жиIащ абы.
КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин «ХъумапIэ бынкым» куэдым ящхьэпэн дауэдапщэхэр къызэрызригъэпэщыр жиIащ.
-Сэ егъэлеяуэ си гуапэ мэхъу, щэнхабзэм Iуэху хузимыIэхэм щэнхабзэ Iуэху щызэрахуэкIэ, къызэрагъэпэщыр куэдым ягу зэрырихьыным щыхущIэкъукIэ. Мы зэIущIэр абы и щыхьэтщ, - жиIащ министрым.
Абы кърихьэлIа дэтхэнэми лъэпкъ шхыныгъуэхэм хэIэбэну, зэрагъэпщэну Iэмал яIащ. Сабийхэм папщIэ къызэрагъэпэщат нэгузыужь программэ гъэщIэгъуэн.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и артист пажэхэу Текуев Амур, ЦокIыл Азэмэт, Бэч Азэмэт, Саралъп Марьянэ, Куэшей Темыркъан сымэ хэту абы щата концертыр гуIэфIтещIэж ящыхъуат къызэхуэсахэм.
ТЭРЧОКЪУЭ Дисэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2648.txt"
} |
ЩIыналъэм и егъэджакIуэхэр ягъэпэжащ
ЕгъэджакIуэхэм я махуэмкIэ Дзэлыкъуэ щIыналъэм и егъэджакIуэхэм ехъуэхъуащ щIыналъэ администрацэм и УнафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Джатэ Руслан. Администрацэм ирагъэблэгъа егъэджакIуэ нэхъ пажэ дыдэхэм щIыхь тхылъхэр щаритым, Джатэм псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ:
- ЩIыналъэм и егъэджаIуэхэм фи лэжьыгъэ мытыншым зыкъевмыгъэлыжу фыпэрытщ. Ар и нэщэнэщ фи IэщIагъэр фIыуэ зэрыфлъагъум. Фэ цIыху фогъасэ, ивогъаджэ, фоунэтI. И пэжыпIэращи, куэдкIэ фэлъытащ щIэблэ къытщIэхъуэр зыхуэдэ хъунур. Ахэр нобэ щIалэгъуалэщ, пщэдей щIыналъэм, республикэм, къэралым къуэувэнущ. Фи псэ гуапагъэр мыкIуэщIу, еджакIуэ щыпкъэхэр къыфщIэхъуэу, адэ-анэхэр къыфхуэарэзыуэ Тхьэм куэдрэ узыншэу фигъэлажьэ!
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ» цIэ лъапIэр фIащащ Сэрмакъ школ №1-м и егъэджакIуэ Дау Людмилэ. Абы теухуауэ республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и унафэм зэIущIэм къыщеджащ.
Гугъуэт Заремэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2649.txt"
} |
Тетис тенджызыр
Курыт еджапIэ щIэс дэтхэнэ зы ныбжьыщIэми къыбжиIэнущ ЩIым тенджызиплI зэриIэр. Кавказым ахэр фIыуэ пэжыжьэщ. Ауэ куэдым ящIэркъым езы Кавказыр пасэрей зэман жыжьэм тенджыз лъабжьэу зэрыщытар.
Ди щIыналъэр къапщтэмэ, псыхъуэхэм пасэрей псы псэущхьэхэр зыхэжыхьа мывэ гъэщIэгъуэнхэм уащрохьэлIэ. Псалъэм папщIэ, мэл бжьакъуэм хуэдэу шыхьа аммонитхэр, шэ папцIэм ещхь белемнитхэр, къинэмыщIхэри. Апхуэдэщ Европэмрэ Азиемрэ зэрыщыту. Ахэр къыздикIам и жэуап къалъыхъуэу, еджагъэшхуэхэм къэхутэныгъэ куэд ирагъэкIуэкIащ. ИкIэм-икIэжым, псори арэзы техъуащ, илъэс мелардкIэ узэIэбэкIыжмэ, пасэрей континентхэу Гондванэрэ Лавразиемрэ я зэхуакум Тетис зыфIаща тенджыз абрагъуэ дэтауэ. А зэманым континентхэр кIэщI-кIэщIурэ хъейрт, «къакIухьырти», Тетисри и пIэ иттэкъым. Ауэрэ, хы зыбжанэу зэкIэщIэжащ.
Тенджызым зихъуэжыху къызэщIиубыдэ щIыпIэм теухуауэ цIэ зэхуэмыдэхэр фIащащ щIэныгъэлIхэм.
•Прототетис - илъэс мелуан 850-рэ ипэкIэ щыIа тенджыз;
•Палеотетис - илъэс мелуан 320-260-рэ ипэкIэ щыIар;
•Мезотетис - илъэс мелуан 200-66,5-рэ ипэкIэ къэунэхуар;
•Неотетис - илъэс мелуан 66-14 ипэкIэ щыIар;
•Сармат хы - илъэс мелуан 13-10 ипэкIэ къэунэхуар.
Сармат хым Кърымымрэ Кавказымрэ къызэщIиубыдэу щытащ икIи, Дунейпсо тенджызым къыхэщхьэхукIри, нобэрей ЩIыкурытых, Каспий, хы ФIыцIэ жиIэу зэкIэщIэжащ. Сармат хыр апхуэдэ щIыкIэу зэпыуда щIэхъуам и щхьэусыгъуэу къалъытэр Кавказ къуршхэр къызэрыдэкIуеяращ.
Фырэ Анфисэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "265.txt"
} |
Анэдэлъхубзэм и кIыщым щылъащэ егъэджакIуэ
«ЦIыхум узэрыщыгугъ хъунур кърипщIэфынущ ар и анэдэлъхубзэм зэрыхущытымкIэ», — итхауэ щытащ Паустовский Константин. Лъэпкъыр лъэпкъ зыщIыжыр и анэдэлъхубзэрамэ, цIыхури цIыху зыщIыжыр и бзэм хуиIэ щытыкIэрщ. Зым и дежкIи щэхукъым, курыт еджапIэр анэдэлъхубзэм и къигъэхъуапIэ нэхъыщхьэхэм зэращыщыр. Абы узыщрихьэлIэ егъэджакIуэращ уи бзэм хуэпщIыну пщIэр, лъытэныгъэр, уи лъэпкъ гупсысэр зэрызэфIэувэнур зэлъытар. Апхуэдэ егъэджакIуэ гумызагъэхэм, анэдэлъхубзэм хуэлэжьэным зи гъащIэр тезыухуахэм ящыщщ Тэрч щIыналъэм хыхьэ Курп Ипщэ къуажэм къыщалъхуа, Инарыкъуей курыт школым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ щезыгъаджэ Хьэрэдурэ Эммэ.
Илъэс тIощIрэ тхум щIигъуауэ а IэнатIэ мытыншым пэрыт егъэджакIуэм и бзэм хуиIэ лъагъуныгъэм хэхъуэ зэпытщ. ЦIыхум и псэм фIэфI Iуэху ищIэмэ, къохъулIэ. Эммэ иригъэкIуэкI дерсхэр сыт щыгъуи щIэщыгъуэ зэрищIын, еджакIуэ цIыкIухэр бзэм зэрыдригъэхьэхын Iэмалхэр къелъыхъуэ икIи къегъуэт. Хьэрэдурэм иригъаджэ ныбжьыщIэхэр щIыналъэм, республикэм адыгэбзэмкIэ щрагъэкIуэкI зэпеуэхэм щIэх-щIэхыурэ къызэрыщыхэжаныкIым и мызакъуэу, езым и щапхъэм тету егъэджакIуэ IэщIагъэр къыхэзыхахэри мымащIэу къахэкIащ абыхэм.
Шэч хэмылъу, дэтхэнэ цIыхуми и гъащIэм хэтщ и дуней тетыкIэм пэгъунэгъу, зыдэплъей егъэджакIуэ. Апхуэдэу сэ сиIащ Хьэрэдурэ Эммэ.
ПэщIэдзэ классхэм адыгэбзэкIэ дерс псори щыдагъэджами, бзэм лъагъуныгъэ щыхуэсщIар ар нэгъэсауэ фIыуэ зылъагъу, абы пщIэ хуэзыщI егъэджакIуэм срихьэлIа иужьщ. Абы и бзэм, ар сабийхэм зэрахущытым, къахуигъуэт бгъэдыхьэкIэм куэд зэрелъытар сэ иужькIэщ къыщызгурыIуар. Эммэ егъэджэныгъэм къару къызэрыхилъхьэр нэрылъагъущ, ар абы ятрегуэшэж иригъаджэхэм. АпхуэдизкIэ ди бзэм пщIэ хуэтщIу дригъэсат Хьэрэдурэми, си насып кърихьэкIыу КъБКъУ-м и адыгэбзэ къудамэм сыщыщIэтIысхьам, лъэпкъ Iуэху си пщэ къыдалъхьауэ къысщыхъужырт.
Анэдэлъхубзэм и кIыщым щылъащэхэм ящыщщ егъэджакIуэр. Абы сабийм и гущIэм щыхисэ жылэм лъэпкъым и натIэ хъунур куэдкIэ елъытащ. «Си бзэ — си псэ, си дуней» республикэ зэпеуэм гумызагъэу зыхуэзыгъэхьэзыру хэтахэм, пашэныгъэр щызыубыдахэм ящыщщ Хьэрэдурэ Эммэ. Адыгэ тхакIуэхэр къызэралъхурэ илъэс бжыгъэ дахэ щрикъукIэ, лъэпкъым и махуэ хэхахэм ирихьэлIэу абы игъэхьэзыр урок зэIухахэр сыт и уасэ?! А псом ефIэкIыжу, къуажэдэсхэри лъэпкъ Iуэхум къихишэн хузэфIокI. Абы къызэригъэпэщ пшыхь гъэщIэгъуэнхэм жылэдэсхэм яфIэфIу зыкърагъэхьэлIэ. Апхуэдэу щIыналъэм щыпсэухэм я пащхьэ Iуэху инкIэ ихьат егъэджакIуэр. Адыгэ Республикэм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ, АР-м, КъБР-м, КъШР-м я цIыхубэ тхакIуэ, СССР-мрэ УФ-мрэ я Къэрал саугъэтхэм я лауреат МэшбащIэ Исхьэкъ и ныбжьыр илъэс 85-рэ щрикъу 2016 гъэр тхакIуэм и илъэсу ДАХ-м игъэувати, абы хуэгъэпса пшыхь езы Исхьэкъи, нэгъуэщI республикэхэм, хамэ къэралхэм къикIа хьэщIэхэри хэту Тэрч къалэ щригъэкIуэкIащ.
Бзэр хъумэным, ар щIэблэм фIыуэ егъэлъагъунымкIэ зэфIигъэкI лэжьыгъэ иным папщIэ фIыщIэ, щIыхь тхылъ куэд къыхуагъэфэщащ Эммэ, ауэ езым и дежкIэ нэхъыщхьэр абы иригъаджэхэм я гум къыщигъэуш лъагъуныгъэрщ. АбыкIэ Iэзагъэ ин бгъэдэлъщ Хьэрэдурэм.
Дэтхэнэ сабийми бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэ къыхуэзыгъуэт, бзэ зырызкIэ епсэлъэф егъэджакIуэ набдзэгубдзаплъэм иригъаджэхэм я деж пщIэ лей, фIэлIыкI щиIэщ. Дуней тетыкIэ екIу, хабзэ, акъыл жан, цIыхугъэ лъагэ зиIэ Эммэ цIыкIухэми фIыуэ къызэралъагъур шэч къызытумыхьэнщ. Сабийр къыпхуэгъэпцIэнукъым, дахэ защIэкIэ къыдумыхьэхмэ. УемыхъуэпсэнкIэ Iэмал иIэкъым махуэ лъапIэхэм деж Эммэ ныбжьыщIэхэм къыхуащI гулъытэм.
Хьэрэдурэ Эммэ иригъэджа псоми къабгъэдэкIыу, егъэджакIуэм и махуэмкIэ сохъуэхъу, илъэс куэдкIэ ефIакIуэу и IэщIагъэм ирилэжьэну ди гуапэщ.
Щомахуэ Залинэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2650.txt"
} |
Уэрэд жыIэнми театрми зэфIэкI щызиIэ
Макъамэри къафэри зи псэм хэлъ, республикэ, урысейпсо, дунейпсо фестивалхэм я лауреат, оперэ, эстрадэ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, бас-баритон лъэщ Молэ Артур ящыщщ республикэм исхэм гукъыдэжрэ дэрэжэгъуэрэ езыт, щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ хэлъхьэныгъэфIхэр хуэзыщI артистхэм.
Москва щылажьэ ди хэкуэгъу Молэ Артур адыгэ цIыхубэ уэрэдхэри классикэ макъамэхэри къохъулIэ. Гуапэщ Москва щыпсэу икIи щылажьэ ди хэкуэгъу уэрэджыIакIуэм зэфIэкI зэриIэр, щэнхабзэр зэригъэбейр.
Молэ Артур псэкIэ къыхиха уэрэд жыIэным зэрыхуэпэжым гу лъыботэ. Ар и щыхьэтщ и цIэр ди республикэм, гъунэгъу щIыналъэхэм къадэкIуэу, Москва, Санкт-Петербург зэрыщыIуам. Дапщэщи хуэдэу, Iэмал къыщыхукъуэкIкIэ, Артур псапэ зыпылъ Iуэхухэми жыджэру хэтщ. Къапщтэмэ, Сирием щекIуэкI зауэм и мафIэ лыгъейм зи щхьэ къыхэзыхыу къэIэпхъуэжа ди лъэпкъэгъухэм папщIэ мы гъэм Черкесск къыщызэрагъэпэща концертым и гуапэу и зэфIэкI хилъхьащ. ДяпэкIи апхуэдэхэм пищэну и мурадщ. Молэ Артур къехъулIахэм я гугъу щыпщIкIэ, къыхэгъэщыпхъэщ, метр 5642-рэ зи лъагагъ Iуащхьэмахуэ дэкIыу куэдым фIыуэ ялъагъу «Андемыркъан» адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьыр абы и щыгум зэрыщыжиIар.
Театр лэжьыгъэми и зэфIэкI щеплъыжащ икIи хэзэгъащ Молэр. Владикавказ Оперэмрэ балетымкIэ дэт театрым пIалъэкIэ щылэжьащ. А IэнатIэм щыпэрыта зэманым и щIэныгъэм хигъэхъуэным, и IэщIагъэм зригъэужьыным ехьэлIауэ иIа мурадхэр къехъулIащ. Театрым солист пашэу зэрыщыIа илъэсхэм абы концертхэр итащ, партиешхуэ зыбжанэ игъэзэщIащ. Апхуэдэхэщ Верди Джузеппе и «Травиата» оперэм щыщ Жермон и ариер, Верди и «Трубадур» оперэм хыхьэ Фернандэ и партиер, Молчанов Кирилл и «А зори здесь тихие», Чайковский Пётр и «Иолантэ» оперэхэр, нэгъуэщIхэри. Доницетти Гаэтано и «Колокольчик» оперэм щыщ Энрикио и партиер нэхъ гугъухэм ящыщу къалъытэ. Ари Артур и гуащIэм къихьащ. КъищынэмыщIауэ, спектакль, оперэ, опереттэ куэд щагъэув, Урысейм и нэгъуэщI къалэхэм, хамэ къэралхэм къикIа артистхэр куэду здэщыIа а театрым щапхъэ зытрихын, зыдэплъеин зэрыщыIари къыхуэщхьэпащ.
Тхыдэм къыхэна ди цIыхубэ уэрэдыжьхэри классикэ макъамэхэри фIыуэ къызэхъулIэ, ахэр цIыхубэм ягу дыхьэу зыгъэзащIэ, зэпымыууэ зи зэфIэкIымрэ щIэныгъэмрэ хэзыгъахъуэ, щIэм тегушхуэ уэрэджыIакIуэр гъуазджэ лъагапIэщIэхэм нэсыну дохъуэхъу.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2651.txt"
} |
ЗызыщомыгъэнщI форэ кхъуейрэ
Гъэлъэгъуэныгъэхэр
«Визит Кавказ» Турист-хъыбарегъащIэ центрым КъБР-м и МэкъумэшыщIэ-фермер хозяйствэхэм, мэкъумэш кооперативхэмрэ уней лъапсэхэмрэ я зэгухьэныгъэм (АККОР) и гъусэу «Сосрыкъуэ» щIыпIэм и деж иджы дыдэ щригъэкIуэкIащ кхъуейхэмрэ фомрэ я жармыкIэ-гъэлъэгъуэныгъэ «Кхъуеймрэ-фомрэ а ауз» фIэщыгъэ иIэу.
А щIыпIэр ауэ сытми къыхахакъым. «Сосрыкъуэ» Налшык и дамыгъэщ. Махуэ къэс мыбы йокIуалIэ турист 500-м нэблагъэ.
«Мазэ етIуанэ хъуауэ мы щIыпIэм щыдогъэкIуэкI Iуэху зэмылIэужьыгъуэхэр,- жиIащ «Визит Кавказ» центрым и лэжьакIуэ Iэпщэ ФатIимэ. – Ди мурадыр туристхэм ди республикэр едгъэцIыхунырщ, абы и зэфIэкIыр едгъэлъэгъунырщ. Ди хьэщIэхэр нэхъ зыхуей-зыхуэфIхэр щызэдгъащIэм, хьэкъ тщыхъуащ къытхуеблагъэхэм ди кхъуейхэмрэ фомрэ хуабжьу ягу зэрырихьыр. Абы къыхэкIыуи а ерыскъыхэкIхэм я жармыкIэ къызыдогъэпэщ».
Езыхэм я фо мыбы къашащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и бжьахъуэ нэхъыфIхэм. Къапщтэмэ, Налшык щыщ Макаренкэ Илья зэрысабийрэ мы Iуэхум дехьэх. «Си адэшхуэр республикэм щыцIэрыIуэ бжьахъуэу, удз хущхъуэхэр куэду зэхуихьэсу щытащ,- къыджиIапщ абы. – Си адэми бжьэ игъэхъуащ. Чэзур къыслъысащи, иджы сэ «Honey KBR» брендым согугъу. ХьэщIэхэр фо зэмылIэужьыгъуэхэм я IэфIагъым еплъащ.
«Зеленый круг» стендым дежи цIыху куэд щызэхуэсат. Уэзрокъуэ Къамбулэт къахуеблэгъахэм Iуигъэхуащ езым къигупсыса кхъуей – дэмрэ пхъэщхьэмыщхьэмрэ къыхищIыкIам. «Мыхэр хуэрэджэм, мыIэрысэм къыхэщIыкIа кхъуейхэрщ, - жеIэ Къамбулэт. – Хуэрэджэ кхъуейм хыдолъхьэ санэ фIыцIэрэ дэрэ, етIуанэр мыIэрысэм, клюквэм, дэм къыхыдощIыкI. Ди IэрыкIым кхъуейкIэ доджэ, гъэшым кхъуей къызэрыхащIыкIым тету догъэхьэзырри. Мыбы гъэш хэткъым. Дэращ мыр къэзыгупсысар. Псори IэкIэ догъэхьэзыр». IуэхущIапIэр къызэрызэIуахрэ куэд щIакъым, ауэ абы и IэдакъэщIэкIхэм республикэми, Мэзкууи, Санкт-Петербурги, Краснодар крайми щIэупщIэшхуэ щаIэщ.
ХьэщIэхэм я гукъыдэжыр къаIэтащ Къэрал макъамэ театрым и артистхэмрэ дунейр дыгъэпсу зэрыщытамрэ.
Сурэтхэр Къарей Элинрэ трихащ.
УЭРДОКЪУЭ Ланэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2652.txt"
} |
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Мэкъумэш хозяйствэмрэ ерыскъыпхъэм елэжь промышленностымрэ я лэжьакIуэхэм я махуэмкIэ зэрехъуэхъур
Ныбжьэгъу лъапIэхэ!
Мэкъумэш хозяйствэмрэ ерыскъыпхъэм елэжь промышленностымрэ я лэжьакIуэхэм, отраслым и ветеранхэм фи IэщIагъэм и махуэмкIэ сынывохъуэхъу!
А махуэшхуэм зэкъуегъэувэ щIым елэжь псори. Фи гуащIэдэкIым кърикIуэм елъытащ республикэми къэралми ерыскъыкIэ я шынагъуэншагъэр, къуажэ щIыпIэхэм я зыужьыныгъэр.
Иужь илъэсхэм республикэм и агропромышленнэ комплексым и IуэхущIапIэхэм хэпщIыкIыу заIэт, зыкIи едмыгъэлейуэ къыхэдгъэщынщи, ехъулIэныгъэшхуэхэр зыIэрагъэхьэ. Коронавирус уз зэрыцIалэм къытхуихьа гугъуехьхэр щыIэ пэтми, отраслым хъарзынэу адэ-кIи зеужь. А ехъулIэныгъэхэм я лъабжьэщ унэтIыныгъэм щылажьэхэм я Iэзагъыр, жыджэрагъыр, къанэ щымыIэу Iуэхум зэрызэратыр, мэкъумэш хозяйствэм ехьэлIа технологие пэрытхэмрэ бгъэдыхьэкIэщIэхэмрэ къызэрагъэIурыщIэр.
ФIыщIэ ин псоми фхузощI мыхьэнэ-шхуэ зиIэ икIи хуабжьу дызыхуэныкъуэ фи лэжьыгъэм папщIэ, фи IэщIагъэм фызэрыхуэпэжымрэ дыкъыщалъхуа щIыр фIыуэ зэрыфлъагъумрэ щхьэкIэ.
Си фIэщ мэхъу, Къэбэрдей-Балъкъэрым и агропромышленнэ комплексым и лэжьакIуэхэм я зэфIэкI псори зэрырахьэлIэнур къат хъерым хэгъэхъуэнымрэ кърахьэлIэ мэкъумэшхэкIхэм фIагъ яIэу дяпэкIи щытынымрэ.
Республикэм и унафэщIхэри жыджэру дыхущIэкъунущ къуажэ щIыпIэхэм зегъэужьыным, къуажэдэсхэм зэIузэпэщ гъащIэрэ тыншыгъуэрэ яIэным.
Си гуи си пси къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу узыншагъэ быдэ, мамырыгъэ, гуапагъэрэ зэIузэпэщыныгъэрэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и сэбэп зыхэлъ IуэхуфIхэр фиIэну.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2653.txt"
} |
ЕгъэджакIуэхэр ягъэлъапIэ
КъБР-м и Парламентым щагъэлъэпIащ «Урысейм и егъэджакIуэ нэхъыфI» урысейпсо зэпеуэм илъэс блэкIахэм щытекIуа егъэджакIуэхэр. Ахэр гуапэу къригъэблэгъащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ.
- ЗэIущIэр хухэтхащ егъэджакIуэхэм фи махуэм. Абы къыхэкIыуи сыхуейщ щIэщыгъуэу, купщIафIэу екIуэкIыну. 1998 гъэм щегъэжьауэ, егъэджакIуэ 23-м текIуэныгъэ къыщахьащ урысейпсо зэпеуэхэм. Ар ди республикэм и дежкIэ пщIэшхуэщ. Зэгуэр дэ псори еджакIуэу дыщытащ. Дэтхэнэми диIэщ а зэманым епха гукъэкIыж хуабэхэр, IэфIу дигу илъщ дезыгъэджахэр. Ди фIэщ мэхъу егъэджакIуэ нэсыр гурэ псэкIэ и IэщIагъэм етар зэрыарар. Нобэ ди зэIущIэм къеблэгъахэр апхуэдэщ. Фи цIэр фIыкIэ щывгъэIуащ республикэм, - захуигъэзащ Егоровэ Татьянэ егъэджакIуэхэм. Абы зэIущIэм хэтхэм ягу къигъэкIыжащ 2023 гъэр ЕгъэджакIуэм и илъэсу ягъэувыну УФ-м и Президент Путин Владимир зэрыжиIар. Егоровэм и цIэ къриIуащ мы гъэм урысейпсо зэпеуэм хэта, къэралым и егъэджакIуэ нэхъыфIу къалъыта цIыху 15-м ящыщ хъуа Къущхьэ Каринэ.
Спикерыр егъэджакIуэхэм ехъуэхъуащ я IэщIагъэм гукъыдэж къариту, я лэжьыгъэ мытыншым пщIэ иIэу лэжьэну!
ЕгъэджакIуэхэм захуигъэзащ КъБР-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Езауэ Анзор.
- СахуогуфIэ фэ евгъаджэ цIыкIухэм, абыхэм фэркIэ тхьэр яхуэупсащ. Си гуапэщ илъэс зэхуэмыдэхэм егъэджакIуэ нэхъыфI хъуа фэ, нэгъуэщI IэнатIэкIэ фымыхъуэжауэ, егъэджэныгъэм фызэрыпэрытыр, - жиIащ абы. Зыхэт зэIущIэр къызэрызэрагъэпэщам папщIэ министрым фIыщIэ яхуищIащ Егоровэ Татьянэрэ депутатхэмрэ.
2003 гъэм республикэм егъэджакIуэ нэхъыфI щыхъуа, Налшык школ №3-м инджылызыбзэмкIэ и егъэджакIуэ Хьэщыкъуей Алим зэIущIэм щIэсхэм ядэгуэшащ зэпеуэм епха гукъэкIыжхэмкIэ. ТекIуэныгъэр къихьа нэужь, ар ЕгъэджэныгъэмкIэ министерствэм ирагъэблэгъами, куэдрэ щымыла-жьэу, фIыуэ илъагъу егъэджакIуэ IэнатIэм пэрыувэжащ.
ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ 1998 гъэм «Урысейм и егъэджакIуэ нэхъыфI» хъуа, КъБР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ, педагогикэ щIэныгъэхэм я доктор Амщокъуэ Хьэсэнбий.
- Сэ япэу екIуэкIа зэпеуэм сыщытекIуати, адэкIэ абы хэта дэтхэнэми гурэ псэкIэ сыщIыгъуащ, текIуэныгъэ къэси сыщыгуфIыкIащ. Иджыблагъэ ехъулIэныгъэ зыIэрызыгъэхьа Къущхьэ Карини сыхуогуфIэ. Ар езыр Щхьэлыкъуэ щыщщ, дэ едгъэджащи, сропагэ, - къыхигъэщащ абы.
2006 гъэм егъэджакIуэхэм я зэпеуэм щытекIуа Темукуев Адиль Урысейм егъэджэныгъэм гулъытэшхуэ зэрыхуищIыр, абы и фIыгъэкIи щIэблэ узыншэ къыдэкIуэтеину зэрыгугъэр жиIащ.
2014 гъэм зэпеуэм щытекIуа Пышная Еленэ къыщыпсалъэм къыхигъэщащ егъэджакIуэхэм гуныкъуэгъуэ гуэрхэри зэраIэр.
- Дэ сабийхэм куэду дадэлэжьэну дыхуейщ творчествэ и лъэныкъуэкIэ, сыту жыпIэмэ абы цIыхур егъасэ. Ди зэманыр тфIехь зэпымыууэ дызыхэт дэфтэр зэхуэхьэсыным, тхылъымпIэ къехьэкIыным. Ягъэ кIынкъым, фи дзыхь къыдэвгъэзи, ди тхылъымпIэ зэгъэзэхуэныр нэхъ мащIэ тхуэфщI, - лъэIуащ ар.
Физическэ щэнхабзэмкIэ егъэджакIуэ Борэн ФуIэд жиIащ республикэм зи узыншагъэм къимыхь сабий куэди зэрисыр, ахэр гулъытэ щхьэхуэ зэрыхуэныкъуэр.
- Сэ цIыкIухэм садолажьэ я фэм зэрыдэхуэным хуэдизкIэ я Iэпкълъэпкъым зезгъэужьу. Ар физическэ щэнхабзэ къудейм къыщхьэщокI. Егъэлеяуэ мащIэщ а унэтIыныгъэмкIэ сабийхэм ядэлажьэ IэщIагъэлIхэр. Къыхузоджэ республикэм щыIэ спорт школхэм ныкъуэдыкъуэхэм папщIэ секцэ щхьэхуэхэр къызэрагъэпэщэну, абыхэм гу лъатэну.
Егъэджэныгъэм хуащIа хэлъхьэныгъэм, щызыIэрагъэхьа ехъулIэныгъэхэм папщIэ, «Урысейм и егъэджакIуэ нэхъыфI» урысейпсо зэпеуэм и республикэ Iыхьэм илъэс зэхуэмыдэхэм щытекIуа егъэджакIуэхэу Амщокъуэ Хьэсэнбий, Куршаевэ Иринэ, Сидоровэ Татьянэ, Хьэщыкъуей Алим, Темукуев Адиль, ШыдукI Ларисэ, Абазэ Эльвирэ, Машенкинэ Ольгэ, Усенкэ Евгение, Джэдгъэф Зулия, Пышная Еленэ, Къэшэж Аслъэн, Балъкъыз Мадинэ, Бетрожь КIунэ, Кочетов Олег, Мирзоевэ Наталье, Борэн ФуIэд сымэ КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и фIыщIэ тхылъыр хуагъэфэщащ.
ЗэIущIэр макъамэкIэ ягъэдэхащ Кавказ Ищхъэрэ ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтым и студентхэм.
ГУГЪУЭТ Заремэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2654.txt"
} |
Зэрегугъум и нэщэнэу
Дызэрыт илъэсыр къэтщтэнщи, жэпуэгъуэм и 10-р Мэкъумэш IэнатIэмрэ ерыскъыпхъэм елэжь промышленностымрэ я лэжьакIуэхэм я махуэщ. Ар, Урысей Федерацэм и Президентым и УнафэкIэ ягъэувауэ 1999 гъэ лъандэрэ ягъэлъапIэ. Зытеухуар, зэрыгурыIуэгъуэщи, къуажэдэсхэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэщынырщ, я псэукIэр нэхъри егъэфIэкIуэнырщ, а лъэныкъуэмкIэ хэкIыпIэщIэхэр дяпэкIи къалъыхъуэнырщ.
Мы зэманым ди къэралым и щIыпIэ куэдым губгъуэ лэжьыгъэхэр и кIэм щынагъэблэгъащ, ауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым, дунейм и щытыкIэр зэрыщыхуэмыкIуэм къыхэкIыу, ахэр, зэрыщыту къатщтэмэ, нэхъ кIасэущ щызэфIэкIынур. АтIэми, илъэс псом кърикIуахэр щызэхалъхьэжыну пIалъэр зымащIэ гуэркIэ ягъэIэпхъуэн хуей мэхъу.
АрщхьэкIэ, КъБР-м и гъавэгъэкIхэм, Iэщыхъуэхэм, мэкъумэш-промышленнэ комплексым и адрей IэнатIэхэм пэрытхэм яхузэфIэкIахэм пэублэу дриплъэжмэ, дызэрыгушхуэ хъун лэжьыгъэ ирахьэкIауи жытIэ хъунущ. Хозяйствэ лIэужьыгъуэ псоми къэкIыгъэ пасэхэмрэ хьэцэпэцэмрэ кIэрыхуншэу щы- зэщIакъуэжащ, кърахьэлIэжар хъумапIэхэм щIагъэзэгъащ. Абы къыдэкIуэуи, дунейм зыкъызэриIэтыжу, республикэм и губгъуэхэм етIуанэ хэгъуэми щыпащэнущ.
Мыдрейуэ къыхэгъэщыпхъэр аращи, 2013 - 2025 гъэхэм ятегъэпсыхьа Къэрал программэр, мэкъумэш IэнатIэм зегъэужьыным, мэкъумэшхэкIхэм, ерыскъыпхъэхэм я щэн-къэщэхуныр зэкIэлъыгъэкIуэным тещIыхьар, зэгъэхъулIэным Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэшыщIэхэми я зэфIэкI ирахьэлIэ. Къыдэгъэхуэным, IэнатIэхэр егъэфIэкIуэным тещIыхьа иджырей технологиехэр къэгъэсэбэпыным, зи къабзагъэкIэ нэгъуэщIхэм ящхьэпрыкIыж ерыскъыпхъэхэр гъэхьэзырыным, лIэужьыгъуэщIэу къыхащIыкIхэр нэхъыбэ щIыным, щэхуакIуэхэр нэхъри къыдэхьэхыным Iуэхум егъэщIылIа псори зэдогугъу, жытIэми, дыщыуэну къыщIэкIынукъым. Ауэ щыхъукIи, республикэм и мэкъумэш IэнатIэм хузэхалъхьауэ щыта инвестицэ проект инхэр яхуэгъэпсащ пхъэщхьэмыщхьэ, хадэ-хэкI хъумапIэхэр ухуэным, жэм гъэшыфIэхэр зехьэным, нэгъуэщI абы хуэдэхэми.
Къэбэрдей-Балъкъэрым пхъэщхьэмыщхьэрэ хадэхэкIхэм- рэ гъэкIынымкIэ и зэфIэкIыр дызыгъэгуфIэщ. Абы и щапхъэщ республикэм гектар мин 18-м щIигъум илъэс куэдкIэ къызыпыкIэну жыгхэм зэрызыщрагъэубгъуари, абыхэм я зэхуэдитIым нэхърэ нэхъыбэр псынщIэу зызыужь лъэпкъыгъуэу зэрыщыт-ри. Ди гъавэгъэкIхэми мы гъэми къагъэлъэгъуащ зыбгъэдэт IэнатIэм и мыхьэнэр нэгъэсауэ зэрызыхащIэр, лэжьыгъэм къыпэкIуэну зыщыгугъымкIэ жэуаптакIуэ нэсу зэрыщытыр. АбыкIэ щыхьэтщ хьэцэпэцэу къагъэкIар кIэрыхуншэу зэрыIуахыжари.
Шэджэм ЕтIуанэ къуажэм щыIэ «Албир» мэкъумэш IуэхущIапIэр IэнатIэ куэдым йолэжь: гъавэ ещIэ, жыг хадэ зэрехьэ, Iэщрэ джэдкъазрэ егъэхъу. Жылапхъэ хэплъыхьахэр къэгъэкIыным тегушхуахэри ди республикэм щымащIэкъым. Абы и лъэныкъуэкIэ щапхъэщ Прохладнэ щIыналъэм щыIэ «Отбор», Тэрч районым ит «Астек-Агро» инновацэ-производствэ агрофирмэхэр.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъэмахуэ хъупIэхэм даху Iэщым я бжыгъэми иужьрей илъэсхэм хэтщIыкIыу хэхъуащ. Къатщтэ-мэ, мы гъэм и хуабэгъуэм Аурсэнтх, Хьэмащэ, Шэрэдж бгы- лъэ щIыпIэхэм щаIыгъа Iэщышхуэм я бжыгъэр мин 40-м щхьэдэхащ, Iэщ цIыкIур мини 100-м нызэрыхьэсащ, шыхэр мини 7-м нэблэгъащ. Езы Iэщыхъуэхэм я бжыгъэр, псори зэхэту, 1200-м щIегъу.
Ди деж щрагъахъуэ нарзыныпсхэр, псыIэфIхэр, пхъэщхьэмыщхьэпсхэр, ягъэхьэзыр фIэIугъэхэмрэ гъэшхэкIхэмрэ Европэми Урысейми щызекIуэ пщалъэхэм зымащIэкIи къакIэрыхуркъым. Абы и щыхьэтщ Москва жэпуэгъуэм и 4 - 8-хэм щекIуэкIа «Бжьыхьэ дыщафэ» урысейпсо мэкъумэш-промышленнэ выставкэм ди лIыкIуэхэм щагъэлъэгъуа ерыскъыхэкIхэм щIэупщIэ ин зэраIари.
Республикэм Мэкъумэш IэнатIэмкIэ и министерствэм фокIадэм и 24-м ирихьэлIэу хъыбар зэрызэбгригъэхамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым дызэрыт илъэсым къриубыдэу гектар мин 281,8-м щытраса гъавэм щыщу, гуэдзыр гектар мин 54,9-м щыIуахыжащ (планым и проценти 100-р). Къытрахам, псори зэхэту, тонн мини 185,8-рэ и хьэлъагъщ (гектарым хуэзэу центнер 33,8-рэ). Нарт гъавэр гектар мини 10,4-м (щIыуэ ирагъэубыдам и проценти 7,5-м) щызэщIакъуэжащи, къыдачыжам тонн мин 68,9-рэ и хьэлъагъщ (гектарым хуэзэу центнер 66,5-рэ). Хьэр щыIуахыжа гектар мин 22,6-м тонн мин 74,8-рэ зи хьэлъагъ гъавэ къытрахащ (гектарым хуэзэу центнер 33,1-рэ).
КъризэщIэткъуэжу къыхэдгъэщынщи, пхъэщхьэмыщхьэрэ хадэхэкIыу, гъэшу, лыуэ къыщалэжьым хэгъэхъуэным, IэнатIэхэр щегъэфIэкIуэным, адрейхэм япэхъу, уеблэмэ ефIэкI ерыскъыпхъэхэр гъэхьэзырыным, я лIэужьыгъуэхэм хэгъэхъуэным, щэхуакIуэхэр къыдэхьэхыным гулъытэ хэха ди республикэм щыхуащI.
КЪУМАХУЭ Аслъэн.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2655.txt"
} |
ЗэгурыIуэныгъэхэми хэплъэжыпхъэщ
Ди къэралым и хэгъэгухэм ящыщу Къэбэрдей-Балъкъэрыр хагъэхьащ кIэрыхубжьэрыхухэр зэхэдзауэ щызэхуахьэсыфын контейнерхэр къызыхуэщэхупхъэ щIыналъэ 46-м. А Iуэхум хуэгъэзауэ ди республикэм сом мелуан 64-рэ къызэрыхуаутIыпщым теухуа унафэм Iэ щIидзащ УФ-м и Правительствэм и унафэщI Мишустин Михаил.
ЩIыналъэхэм зи гугъу тщIы контейнерхэр къыщIыхуащэхур, зэрыгурыIуэгъуэщи, абыхэмкIэ зыкъызэрагъэпэщыжыфын къару зэракъуэмылъырщ.
ЗэрагъэунэхуамкIэ, зэхуэхьэсыпIэщIэхэр щхьэпэщ кIэрыхубжьэрыхухэм ящыщу абджыр, тхылъымпIэр, пластикыр, къинэмыщIхэри зэхэгъэщхьэхукIауэ IыхыпIэхэм ешэлIэнымкIи.
Iуэху бгъэдыхьэкIэщIэм и телъхьэхэм зэрагъэувамкIэ, а щIыкIэм тету адэкIи дыкIуатэмэ, ди къэралым и щIыналъэ псоми кIэрыхубжьэрыху быдэхэр нэгъэсауэ щызэхэдзыныр 2030 гъэм ирихьэлIэу къыщытхузэгъэпэщынущ.
Мыри къыхэгъэщыпхъэщ. КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек республикэм и муниципальнэ къызэгъэпэщыныгъэхэм я унафэщIхэм иджыблагъэ ядригъэкIуэкIа зэIущIэм зэрыщыжиIащи, сатум пыщIахэр, ерыскъыхэкI зыгъэхьэзырхэр кIэрыхубжьэрыху быдэхэр зэщIэзыкъуэж операторхэм дращIылIауэ щыта зэгурыIуэныгъэхэми хэплъэжыпхъэщ, ахэр щIыпIэхэм зэрыщагъэзащIэми, нэхъри нэхъ ткIиягъэ хэлъу, щыкIэлъыплъыпхъэщ.
БЭРАУ Бышэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2656.txt"
} |
Нобель и саугъэтыр хуагъэфащэ
Илъэсым къриубыдэу цIыхум хуэщхьэпэн ехъулIэныгъэ къэзыгъэлъагъуэхэм ират Нобель Альфред и саугъэтыр, езым къызэринэкIа уэсятым тету. Мылъку тыгъэм и унафэр зыIэщIэлъ, Швецием щылажьэ академием жэпуэгъуэм и 7-м хэIущIыIу ищIащ абы литературэмкIэ и лауреат хъуар. Ар Танзанием щыщ тхакIуэ Гурна Абдулрэзакъщ. 202I гъэм тыгъэр швед ахъшэу мелуани I0 (доллару – мелуан 1, 19-рэ) мэхъу.
УрысыбзэкIэ зэрадзэкIауэ зы тхыгъи иIэкъым Инджылызым щыпсэу, Танзанием щыщ Гурна Абдулрэзакъ. I948 гъэм Занзибар дунейм къыщытехьа тхакIуэм романий и IэдакъэщIэкIщ. Зи Хэкур инджылызхэм яубыда йемен хьэрыпыр I968 гъэм Великобританием Iэпхъуэжри, Кембридж университетыр къиухащ, иужькIэ «Кент и университетым» и егъэджакIуэ хъуащ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, и тхакIуэбзэр инджылызырщ.
Дауэ зыми зи цIэр зэхимыха тхакIуэм Нобель и саугъэтыр зэрыIэрыхьар? Литературэм щылъэрызехьэ IэщIагъэлIхэми ягъэув а упщIэр, ауэ я жэуапхэр зэтехуэркъым.
Илъэс 35-рэ дэкIащ Африкэм щыщ цIыху фIыцIэм Нобелым и саугъэт зэрыхуамыгъэфащэрэ. Дызэрыт илъэсым ар зратынкIи хъунухэм Гурна Абдулрэзакъ и цIэр къыхэхуэхакъым. ЦIыхубэм тыгъэм утыку къришэну хуагъэфащэрт франджы бзылъхугъэ тхакIуэхэу Конде Мариз, Эрно Анни, Инджылызым щыпсэу индие усакIуэ Рушди Сэлман, Канадэм щыщ Карсон Энн, Этвуд Маргарет, Норвегием щыщ драматург Фоссе Юн сымэ языхэз. Илъэс куэд щIауэ Нобель саугъэтыр иратын хуейуэ къалъытэ япон тхакIуэ Мураками Хакирэ. Е Урысейм щыщ Улицкая Людмилэ.
Сыт инджылызыбзэкIэ зытетхыхьыр Занзибар щыщ хьэрып тхакIуэр? «ЕхьэкI-къехьэкI хэмылъу, зэрыпхъуакIуэхэм зэрахьэ леймрэ щтапIэ ихьэжахэм я гъащIэр къызэрекIуэкIамрэ къызэригъэлъэгъуам папщIэ», - аращ Гурна Абдулрэзакъ Нобель и саугъэтыр къызэрилэжьар. Ар тхакIуэ гъэщIэгъуэну къэзылъытэхэри мащIэкъым. Уеблэмэ и романхэм ящыщу зыр «Бекер и цIэр зезыхьэ саугъэтыр» зратынкIи хъунухэм хиубыдауэ щытащ. Критикхэм зэрыжаIэмкIэ, Гурна и тхыгъэ псори зытеухуар зи Хэкур зыфIэкIуэда хэхэсхэм я дуней тетыкIэрщ, ахэр щIыпIэщIэм зэрезэгъырщ, здэIэпхъуа щIыпIэм лъабжьэщIэ зэрыщагъэтIылъырщ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, езым ещхьхэрщ. Зауэхэмрэ щIыпIэхъуэжымрэ зэщIищта нобэрей дунейм ар и мысурэтуи пхужыIэнукъым. Гурна къыщIыхагъэщар езыр Инджылызым зи нэ къигъэплъэжа щIыналъэ зэрапхъуам зэрыщыщрауэ уигу къокI. Европэр ерыщщ лей зрихахэр зэрыригъэхъулIар уи фIэщ зыщIыф тхыгъэхэмрэ фильмхэмрэ я цIэхэр игъэвуунымкIэ. Псом нэхърэ нэхъыщхьэращи, Нобель саугъэтыр къызэрыратам и фIыгъэкIэ, Гурна Абдулрэзакъ и тхыгъэхэр урысыбзэкIэ зэрадзэкIынущ, хуэмурэ адыгэбзэми къэсыну къыщIэкIынщ.
Чэрим Марианнэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2657.txt"
} |
Хъуэхъу-сэламхэр
Адыгэ хъуэхъу-сэламхэр зыбжанэу зэтегъэпщIыкIащ. Хъуэхъу-сэламыр цIыхур зэлэжьу зыпэрыт IэнатIэм теухуащ. Сэлам хъуэхъур зытыр 6гъэдыхьарщ, къеIызыхыy жэуапыр зытыжыр лэжьыгъэ зыщIэу IэнатIэм пэрытырщ. Абы къыхэкIыу адыгэм лэжьыгъэ бжыгъэм тещIыхьа тыкIэ зэхуэмыдэхэри иIащ.
Зыбгъэдыхьар вэуэ ирихьэлIамэ:
- Бов апщий! - жреIэ. Абы къикIыр - «увэм къытекIэр бэв Тхьэм ищI!» - жыхуиIэщ.
- Бэв хъун Тхьэм къуит, фIыкIэ пшхыжыну! - къыжреIэж.
Зыбгъэдыхьар мэкъу еуэу, гуэдз е мэш къихыу, нартыху къыдичу ирихьэлIамэ:
- Шхуошх апщий! - жреIэ. Абы къикIыр - «еншэу ушх!» - жиIэу аращ.
- Еншэу пшхын Тхьэм къуит! - къыжреIэж. Зыгуэр къищэхуу ирихьэлIамэ:
- Хъер пхухъу, е угъурлы тхьэм пхуищI! - жреIэ.
- Хъер хъун Тхьэм къуит! - къыжреIэж.
Зэхъуэхъуар нэхъыжьмэ, «жьыщхьэ махуэ ухъу!»- жеIэри дыщIегъур.
Е ехъуэхъур нэхъыщIэмэ:
- НасыпыфIэ ухъу! - жеIэри дыщIегъу. Зыгуэр ищэу ирихьэлIамэ:
- УасафIэ тхьэм пхуищI! - жреIэ. Ари ехъуэхъуам и ныбжь елъытакIэ къохъуэхъужыр.
Зыбгъэдыхьар Iэщыхъуэу е Iэщ щаlыгъ уэтэру щытмэ:
- Бохъу апщий! - жреIэ. Абы къикIыр - «уи Iэщыр Тхьэм пхуигъэбагъуэ, куэд Тхьэм пхуищI, - жыхуиIэщ. - Куэд хъун Тхьэм къуит! - къыжреIэж. Зыбгъэдыхьар Iуэуэ хьэмым тетмэ:
- Хьэмбов апщий! - жеIэ.
- Бэв хъун Тхьэм къуит! - къыжреIэж.
Iэщ гуэр иукIыу е зэlихыу ирихьэлIэмэ:
- ФIыкIэ фышх е фIыкIэ Тхьэм фигъэшх! - жреIэ.
- ФIыкIэ пшхын Тхьэм къуит! Еблагъэ, ди ныш хьэзырщ! - къыжреIэж.
Гуп уэршэрым ябгъэдыхьэмэ:
- Уэршэр фIохъу апщий! - яжреIэ.
- Тхьэр арэзы къыпхухъу, къеблагъэ, удгъэуэршэрынщ! - къыжраIэж.
Пщэдджыжьым зэрихьэлIамэ:
- Пщэдджыжь фIохъу апщий! - жреIэ.
- ПщэдджыжьыфI Тхьэм къуит! - къыжреIэж.
Махуэу зэрихьэлIамэ:
- Уи махуэ фIы ухъу! -жеIэ.
- МахуэфI Тхьэм къуит! - къыжреIэж.
Пщыхьэщхьэу зэрихьэлIамэ:
- Пщыхьэщхьэ фIохъу апщий! - жреIэ.
- ПщыхьэщхьэфI Тхьэм къуит! - къыжреIэж.
ИлъэсыщIэр къихьауэ щызэхуэзэкIэ:
- ЕтIанэгъэм фIыкIэ унэс, илъэсыщIэр угъурлы Тхьэм пхуищI! - жаIэри зохъуэхъухэр.
ПщIыхьэпIэ зылъэгъуам пщэдджыжьым гу нэщIу и пщIыхьэпIэр иIуатэркъым.
ПщIыхьэпIэ слъэгъуащ,- жиIэмэ;
- Хъер ухъу, уи пщIыхьэпIэр! - жраIэ. ЩакIуэу губгъуэм итым ирихьэлIамэ:
- Хьэкъуэж апщий! - жраIэ.
- Си хьэм къуэжар Тхьэм къуит,- къыжреIэж. КъищэкIуаIауэ кърихьэлIамэ, зыдегъэгуашэр.
IуэхуншитI зэрихьэлIамэ, нэхъыщIэм: - Уи махуэ фIы ухъу! - жеIэ.
- МахуэфI Тхьэм къуит! - къыжреIэж.
Гуп уэршэрым яблэкI лIы гъуэгурыкIуэм:
- Сэлам алейкум! - яжреIэ. «Сэламым» къикIыр «Къайгъэншэу, мамыру фыпсэу!» жыхуиIэщ, езыр хьэрып псалъэщ.
- Уахьэлекум сэлам! - къыжраIэж. «Уэри мамыру Тхьэм уигъэпсэу» жыхуаIэщ.
Пщыхьэщхьэм гъунэгъум е хамэ унагъуэ щIэсауэ къыщыщIэкIыжкIэ:
- НэхулъэфI фыкъикI! - яжреIэ.
- Уэри укъикI, жьыщхьэ махуэ ухъу е насыпыфIэ ухъу! - жраIэ и ныбжьым елъытауэ.
Зыгъэхьэзырар НэщIэпыджэ Замирэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2658.txt"
} |
Iэгуауэ макъыр зыхуаIэтхэр
«Мадинэ» оперэм Мадинэ и ролыр щызыгъэзэщIа, «Аршин-мал-Алан опереттэм Гульчохра и образыр утыку къизыхьа, Верди Джузеппе и «Травиатэ»-м хэт Виолеттэ и ролыр къызэхъулIа КъуэщIысокъуэ Роксанэ КъБР-м и Музыкэ Театрым и артист нэхъ пажэхэм ящыщщ. ЖытIэм щыхьэт тохъуэ къыхуагъэфащэ ролхэм я мыхьэнэр зэрыиныр.
Театр лэжьыгъэм къищынэмыщIа, Роксанэ эстраднэ уэрэдхэри къехъулIэу жеIэ. Иужьрейуэ утыку кърихьахэм я гугъу пщIымэ, ахэр Лий Аслъэн и макъамэрэ Кертиевэ Мадинэ и псалъэхэмрэ зыщIэлъ «Си уэрэд», «Гъатхэ дахэ» лэжьыгъэхэрщ. Апхуэдэуи «Лъагъуныгъэ гъыбзэ» уэрэдыжьыр абы щригъэтхащ «Уэредадэ» студием. УэрэджыIакIуэм и гъусэу ар къагъэщIэрэщIэжащ Битокъу Науркъанрэ ТеуныкI Альбертрэ.
Роксанэ оперэм, уэрэд жыIэным хуеджэныр къызэрыхихар благъэ-Iыхьлым зыхуахьыныр ямыщIэу, яфIэгъэщIэгъуэн хъуауэ щытами, иджы абы и утыку итыкIэмкIэ нэрылъагъущ ар зэрыщымыуар. Музыкэ школым илъэсиблкIэ аккордеоным еуэным зыхуэзыгъэсауэ щыта хъыджэбз цIыкIум курыт еджапIэр къыщиухым зэуэ и мурадхэр ихъуэжри, ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэм и къэрал институтым Батыр Мухьэдин и деж оперэм щыхуеджэну тегушхуат. Къапщтэмэ, еджапIэ нэхъыщхьэр къимыух щIыкIи ар ирагъэблэгъащ КъБР-м и Музыкэ театрым щылэжьэну.
- Дакъикъэ зыщыплI хуэдиз зи кIыхьагъ зы уэрэд жыпIэнымрэ лIыхъужь гуэрым и гущIагъщIэлъхэр цIыхум утыку къахуипхьэнымрэ, дауи, зэхуэдэкъым. Эстраднэ уэрэдхэм щыщ згъэзащIэу щытми, сэ иужьрейращ нэхъ спэгъунэгъур, нэгъуэщIу жыпIэмэ спектаклым и жыпхъэм иту, оперэ уэрэдкIэ цIыху гъащIэр адрейхэм я деж нэсхьэсыныр нэхъ сфIэгъэщIэгъуэнщ, купщIэ хэлъу къызолъытэ, - жеIэ Роксанэ. - Оперэм езым псэ хэлъщи, къодаIуэхэм я гум нэхъ урилъэIэсыфу къысщохъу. Пэжщ, а унэтIыныгъэр гъуазджэм и къудамэ нэхъ гугъухэм ящыщщ, абы къыхэкIыу цIыхур оперэм едэIуэфын, и мыхьэнэр зыхищIэн щхьэкIэ пасэу абы нэIуасэ хуэщIыурэ къыдэгъэкIуэтеипхъэщ. Ди гуапэ зэрыхъунщи, иджыпстуи диIэщ къыдэдаIуэхэр мымащIэу. Псалъэм папщIэ, Гаджибеков Узеир и «Аршин мал алан» (роль нэхъыщхьэр щегъэзащIэ) опереттэр сыт хуэдизрэ театрым имыгъэлъагъуэми, абы еплъыну къытезыгъэзэжахэр куэду диIащ.
КъуэщIысокъуэм къехъулIа ролхэм ящыщщ Дэбагъуэ Роман игъэува «Мадинэ» оперэм Мадинэ ейр зэрыщигъэзэщIар. УэрэджыIакIуэм къыхегъэщ апхуэдэ лIыхъужьым и гъащIэр уи гум пхомыгъэкIауэ утыкум къыщохъулIэнур зэрымащIэр. Абы къыхэкIыу Роксанэ Мадинэ и образым елэжьыху хъыджэбзым и гурыгъу-гурыщIэхэмрэ Iуэху бгъэдыхьэкIэмрэ езым и гъащIэм иригъапщэу ирипсэуащ.
- ЗэрыфщIэжщи, «Мадинэ» оперэм и кIэухыр режиссерым зэриухуа щIыкIэр куэдым ягъэщIэгъуауэ щытащ. Сэ сызэреплъымкIэ, иджыпсту ди цIыхур нэхъ зыхуэныкъуэр, абы зыхищIэну хуейр апхуэдэ гуэрт. НэгъуэщIу жысIэнщи, гур хэзыгъэхъуэн Iуэхугъуэщ псори дызыпэплъэр, - пещэ ди псэлъэгъум. - Утыкум ущитым пэшым щIэсымрэ артистымрэ зы зэпыщIэныгъэ гуэр я зэхуакум къыдэхъуэ хабзэщ. Оперэр дгъэзэщIэн духри, утыкум зэгъусэу дыкъыщихьэжам, япэщIыкIэ зыхуахьынур ямыщIэу тэлайкIэ къыдэдэIуахэр щысащ, иужькIэ Iэгуауэ макъыр къагъачэу си тхьэкIумэм къызэриIуар ноби сщыгъупщэжыркъым. «Мадинэ» и гъусэу сабиитI къохьэ и кIэм деж. Ар си бынхэрат. Пэжыр жысIэнщи, спектаклым ахэри къызэрыздыхэтам къару къысхилъхьауэ къызолъытэ лэжьыгъэр къызэхъулIа хъуным теухуауэ. КIэух дахэ зэралъэгъуам цIыхум я нэкIур зэлъыIуихауэ зэрызэбгрыкIыжам и закъуэ сыт и уасэт!
Анэдэлъхубзэр хъумэным и лъэныкъуэкIэ гъуазджэм мыхьэнэшхуэ зэригъэзащIэр фIыуэ къыгуроIуэ Роксанэ. ЗэрыхъукIэ адыгэ уэрэдхэр жиIэну зэрыхущIэкъум ар къегъэлъагъуэ. «ЦIыхур псэуху зиужьын хуейщ: зэфIигъэкIам хуеплъэкIыжу, нэхъыбэж зэрищIэным хущIэкъуу», - дыщIегъу уэрэджыIакIуэ бзылъхугъэм.
БАГЪЭТЫР Луизэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2659.txt"
} |
Iуащхьэхэр
Ижь-ижьыж лъандэрэ тхакIуэхэмрэ зыплъыхьакIуэхэмрэ Къэбэрдей тIуащIэм я Iуащхьэхэм тетхыхьу, ягъэщIагъуэу къекIуэкIащ. Нобэми абыхэм хъыбарыжь куэд тражыIыхь. Ауэ куэдым ящIэркъым а Iуащхьэхэр къызэрыхъуам и пэжыпIэр. Дэ нэхъ пыухыкIауэ зи гугъу тщIынур Псыхуабэрэ Минводрэ я щIыналъэм хиубыдэ Iуащхьэхэрщ.
КъухьэпIэмкIэ укъикIыу Минвод укъыщыхуэкIуэкIэ, япэу узыIуплъэр сэмэгурабгъумкIэ къыщыт Кинжал бгы лъэлъэжращ. Зэгуэр а Iуащхьэм метр 507-рэ и лъагагъыу щытащ. Абы и гъунэгъуу Кокуртлы вулканыр къыщытщ. ИжьырабгъумкIэ узыIущIэр Верблюд жыхуиIэ Iуащхьэращ, адэкIэ Бык, Шелудивая, Бещто (ар Iуащхьиблу зэхэтщ: Медовая, Острая, Тупая, Шелудивая, мэз Iувыр «пыIэу» зыщхьэрыс Железная, Развалка, Змеевой). Абыхэм къакIэлъокIуэ Псыхуабэ и Iуащхьитхур: Лысая, Мэшыкъуэ, Золотой курган, Юца, Джуца.
Илъэс мелуани 140-150-кIэ узэIэбэкIыжмэ, Кавказ къуршыжьхэм я тхыцIэр хытIыгу зыбжанэу хым къыхэщу, мы щIыпIэхэр зэрыщыткIэ псы лъабжьэу щытащ. Илъэс мелуан 30-40 ипэкIэ щIыгу гъущэхэр къэунэхуащ. Ауэ нобэ тлъагъу ди къуршыжьхэр зэрыщыт дыдэм хуэдэу къыщыунэхуар илъэс мелуан 15-кIэ узэIэбэкIыжмэщ. Къыхэгъэщыпхъэщи, илъэсым миллиметр 15-30-кIэ Кавказым «зеIэт» нобэми.
Сыт-тIэ, Кавказ тхыцIэм пэжыжьэу, дызытепсэлъыхь Iуащхьэхэр щхьэхуэу къыщIэунэхуар? Псоми зэрытщIэщи, ЩIым и купщIэр пщтырщ. АпхуэдизкIэ пщтырщи, щIыр къегъэкъуалъэри, гъуэзымрэ мафIэмрэ щIы лъабжьэм щIэмызэгъэжу, щIы щхьэфэм къыдрехуей. Апхуэдэущ зи гугъу тщIы Iуащхьэхэри (нэхъ тэмэму жыпIэмэ, вулканхэр!) къызэрыунэхуар. Минвод и Iуащхьэхэр а щIыпIэм деж илъэс мелуани 4 хъуауэ щытщ, ауэ щIы къэкъуалъэм яужь дыдэу зыкъыщигъэлъэгъуар илъэс мелуани 3,2-3,8-рэ ипэкIэщ - Iуащхьэмахуэрэ Казбекрэ здэщыт щIыпIэм деж къыщыпхиуду, а вулканхэр къыщыунэхуам щыгъуэ.
Минводрэ Псыхуабэрэ Iуащхьэу щыIэхэр къызэрыунэхуар апхуэдэущ, абы къыхэкIыу абыхэм «лакколиткIэ» йоджэ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, вулкан хъуным нэмыса. КъэхутакIуэхэм къызэралъытэмкIэ, зэгуэр Бещто, Бык, Развалка, Железная Iуащхьэхэм щIы къэкъуалъэр къыдэкIуейрти, къикIыну хунэмысурэ жырт, и къикIыпIэр IуищIэжу. Iуащхьэ лъабжьэм щызэхуихьэса гъуэзыр гъуагъуэу щIы лъабжьэм щызекIуэрт, макъ шынагъуэхэр къигъэIуу. ЩIы къэкъуалъэр а щIыпIэхэм деж къыщикIыну къеIащ, ауэ зыкъиIэта мыхъумэ, щIыр къыхузэгуэмытхъыу, адэкIэ Iэпхъуэурэ Iуащхьэмахуэ деж къыщыпхиудауэ аращ. Уэшхымрэ жьыбгъэмрэ Iуащхьэ зыкъэзыIэтам и щхьэфэр трилъэсыкIырти, гъуджэм хуэдэу джафэ хъужауэ лавэ жар къыщIэщырт.
Фырэ Анфисэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "266.txt"
} |
Гукъыдэж иIэу лэжьыгъэм бгъэдыхьэ
Егъэджэныгъэ Iуэхум щаIэ ехъулIэныгъэхэм папщIэ 202I гъэм егъэджакIуэ нэхъыфIу къалъыта, ахъшэ саугъэт зыхуагъэфэща цIыхуи 8-м ящыщщ Сокъур Иннэ. Ар Налшык къалэм дэт гимназие №I4-м инджылызыбзэмкIэ и егъэджакIуэщ.
Приречнэ къуажэ цIыкIум (Дзэлыкъуэ районым хохьэ) къыдэкIа хъыджэбзыр зэрыцIыкIурэ и щIэныгъэм егугъуащ. И анэшхуэр егъэджакIуэу зэрыщытара, абы и дерсхэм хигъэгъуазэу хъыджэбз цIыкIур къызэрыхъуара, хэт ищIэрэ, Иннэ къэкIуэнум IэщIагъэ хуэхъуным и гур пасэу къыхуэушат. Ауэ езым зэрызиумысыжщи, егъэджакIуэ хъуныр и хъуэпсапIэ нэхъыщхьэу щытакъым.
- Егъэджэныгъэ лэжьыгъэм япэ къэсыр пэмылъэщыну, ар къохъулIэн щхьэкIэ къару ин гуэррэ шыIэрэ пхэлъын хуейуэ къэслъытэрт, икIи сыщыуатэкъым - лэжьэн щIэздзэри, ар хьэкъыу спхыкIащ, - жеIэ Иннэ. - Сыщеджа ди къуажэ курыт школыр мыинми (еджакIуэ 300 хуэдизщ щIэхуэр), егъэджакIуэ нэхъыфI дыдэхэр диIащ. Пэжыр жысIэнщи, университетым сыщыщIэтIысхьам, егъэджакIуэ куэдым ягъэщIагъуэрт къуажэ пхыдзам щызгъуэта щIэныгъэр. Ар зи фIыщIэр, шэч хэмылъу, ди школ егъэджакIуэхэм я зэфIэкIыр къызэрыдбгъэдалъхьарщ.
Балигъ гъащIэм
Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым зэрыщIэтIысхьэу, Сокъурыр студент гъащIэм жыджэру хэбэкъуащ. И зэфIэкIым гъуни нэзи зэримыIэм и щыхьэтт етIуанэ курсым щегъэжьауэ театр гупжьей зэхишэу, езыр абы щыактёру икIи щырежиссёру и къэухьым зригъэужь зэпыту къызэрекIуэкIар. Ещанэ курсым Иннэ ФилологиемкIэ институтым и студент советым и унафэщI ящIащ. Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэ зэрызрипщытхэр сэбэп хуэмыхъумэ, я зэран къемыкIыу Иннэ еджапIэ нэхъыщхьэр диплом плъыжькIэ къиухащ.
ЯпэщIыкIэ зэдзэкIакIуэу лэжьэну е журналист хъуну гукъыдэжышхуэ иIащ Иннэ. Ауэ инджылызыбзэр апхуэдэ дыдэу зыубгъуауэ республикэм къызэрыщамыгъэсэбэпым къигъэувыIэжащ.
Иджы Иннэ и лэжьыгъэм губзыгъэу къыщегъэсэбэп ныбжьыщIэхэр дихьэхыу зэрыригъэджэну Iэмалхэр. «Театрым ди гъащIэрщ къигъэлъагъуэр. Абы цIыхур егъасэ гущIэгъу хэлъу, гудзакъэ иIэу. Ауэ а псор джэгу щытыкIэм иту. Абы къыхэкIыу сэ егъэджэныгъэ лэжьыгъэм абы и Iэмалхэр хызопщэ, ныбжьыщIэхэм ар щIэщыгъуэ ящохъу, нэхъыбэ къызэращIэным хуегъэпабгъэ. Ди классыр театр утыку хуэдэщи, абдеж зыщыдогъасэ ди гупсысэхэр, гурыщIэхэр дымыукIытэу къыщытIуэтэфу. Сабий къэс бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэ къыхуэгъуэтыпхъэщ, егъэджакIуэм ар гъащIэм лъэ быдэкIэ хигъэувэну хуеймэ. Гимназием лэжьэн щыщIэздза нэужьщ сэ си IэщIагъэм и куууагъыр нэсу къыщызгурыIуар икIи егъэджэныгъэм нэгъуэщI еплъыкIэ хузиIэ хъуащ. Нобэ сригушхуэу схужыIэнущ егъэджакIуэ сызэрыхъуам сызэрырипагэр», - жеIэ Сокъурым.
ЦIыхум зэрызиужьым и нэщэнэщ зэхьэзэхуэхэм и зэфIэкI зэрыщеплъыжыр. Иннэ и щIэныгъэр мызэ-мытIэу зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэм утыку къыщрихьащ. Псалъэм папщIэ, курыт еджапIэм лэжьэн зэрыщыщIидзэрэ илъэс ныкъуэ фIэкIа мыхъуауэ, егъэджакIуэ ныбжьыщIэхэм папщIэ къызэрагъэпэщ «Открытие» зэпеуэм и ещанэ увыпIэр абы къихьауэ щытащ. «XXI лIэщIыгъуэм и пашэ» урысейпсо зэпеуэм Иннэ и зэфIэкI щыщеплъыжым, щIыналъэ Iыхьэм хэта цIыху II-м щыщу Москва кIуэну къэзыхьэхуар арат. 2020 гъэм Налшык къалэм щекIуэкIа «Илъэсым и егъэджакIуэ» зэпеуэми абы текIуэныгъэ къыщихьащ.
Езым и ехъулIэныгъэхэр къэгъэнауэ, Иннэ нэхъ фIэфIщ и гъэсэнхэм я зэфIэкIым тепсэлъыхьыну. «Нэхъыбэу къыхэзгъэщыну сызыхуейр си еджакIуэхэм ехъулIэныгъэ куэд зэрызыIэрагъэхьэрщ. ИкъукIэ срогушхуэ ахэр зэпымыууэ олимпиадэхэм къызэрыщыхэжаныкIым. Псалъэм папщIэ, Бэрбэч Даянэ тIэунейрэ текIуэныгъэ къыщихьащ школакIуэхэм инджылызыбзэмкIэ я урысейпсо олимпиадэм и щIыналъэ Iыхьэм. КъищынэмыщIауэ, си гур хэзыгъэхъуа Iуэхущ Азаматов Аланрэ Шунгаровэ Данэрэ иджыблагъэ «Большая перемена» урысейпсо зэхьэзэхуэм и кIэух Iыхьэм зэрыхэхуар. Си еджакIуэхэм лъэныкъуэ куэдкIэ заужьын папщIэ, дерсхэр къызэрыгуэкIыу мыхъун щхьэкIэ, инджылызыбзэр джыным нэхъ дезгъэхын мурадкIэ унэ лэжьыгъэу язот яфIэгъэщIэгъуэн Iуэхухэм теухуауэ социальнэ видеороликхэр трахыну. Абыхэм елэжьыху ныбжьыщIэхэм бзэ и лъэныкъуэкIи нэхъыбэ зрагъащIэ, я къэухьми зеужь. Апхуэдэуи фильм кIэщIхэмрэ мультфильмхэмрэ хэт лIыхъужьхэм я макъкIэ инджылызыбзэр зыдогъащIэ», - къыхегъэщ егъэджакIуэм.
Иннэ жыджэру егъэлажьэ «Палитра добра» волонтёр гупри. Гимназием епхауэ ар 20I7-20I8 гъэ еджэгъуэм къызэрагъэпэщауэ щытащ, илъэс дэкIа къудейуэ арат а гупыр «Добро не уходит на каникулы» урысейпсо зэпеуэм хэту, и зы Iыхьэм текIуэныгъэ къыщихьам. Абы и фIыгъэкIэ Урысейм нэхъыфIу къыщалъытэ волонтёр гуп 500-м ар хэхуащ. «Ди гупыр жыджэру хэтщ республикэм щекIуэкI Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм, цIыхум и псэуныгъэм епха видеоролик щхьэпэхэр зэхагъэувэ, концертхэр къызэрагъэпэщ, къалэм псапэ зыпылъ Iуэхухэр щалэжь.
БАГЪЭТЫР Луизэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2660.txt"
} |
Нэхъ лъагэху нэхъ щIагъуэт
Вакъэ лъэдакъэр къызэрежьэрэ куэд дыдэ щIащ. Ар ялъыгъыу щытащ пасэрей Египетым и цIыхухэм, шумерхэм. И щIыкIэр ихъуэжурэ къекIуэкIащ, ауэ и мыхьэнэр къэнэжырт. Вакъэ лъэдакъэ лъагэр япэу лъызытIэгъа бзылъхугъэщ Медичи Екатеринэ. 1533 гъэм, илъэс 14-м иту, ар Франджым кIуат пащтыхьыкъуэ Валуа Генрих дэкIуэну. Абы щыгъуэ сантиметри 5 зи лъагагъ лъэдакъэ теуват.
Медичи и щапхъэм ирикIуащ инджылыз пащтыхь гуащэ Тюдор Марие. Ари бзылъхугъэ лъахъшэт. Абы щхьэкIэ лъэдакъэ лIэужьыгъуэ щхьэхуэ къагупсысауэ щытащ. Пащтыхь гуащэр лъэдакъэм зэкIуж щIэхъукIат.
Франджым и пащтыхьыгъуэ зэманым цIыхухъухэр модэм нэхъ кIэлъыплъырт, бзылъхугъэхэм нэхърэ. Япэу модэм техьащ Людовик XIV. Абы и лъагагъыр сантиметри I60-рэт. Пащтыхьым сэбэп къыхуэхъуащ вакъэщIыжу и деж щыIа Вистаж Николя. Сантиметри I0 зи лъагагъ вакъэ лъэдакъэр къыхуэзыгупсысам пащтыхьым гулъытэ хуищIащ. Абы къигупсыса лъэдакъэм «ЛюдовиккIэ» еджэ хъуащ. А зэманым Франджым къыщыунэхуат лъэдакъэ плъыжьхэр. Апхуэдэ лъызытIэгъэну хуитыр аристократхэрат. Лабутен Кристиан къигупсыса туфлъэ лъэгу плъыжьым и къежьапIэри арагъэнущ.
АдэкIэ вакъэ лъэдакъэм дихьэхащ маркиза де Помпадур. Абы и лъэдакъэр адрейхэм нэхърэ нэхъ псыгъуэт, ауэ ар зи щIасэ (фавориткэ) Людовик XV ейм елъагэкI хъунутэкъым.
Голливудым и лъэр зэрыщыцувар
«Шпильки» жыхуаIэ лъэдакъэ псыгъуэр къигупсысауэ хуагъэфащэ итальян Феррагамо Сальваторе. Ауэ модэр зыджхэм иджыри унэцIитI къраIуэ: Вивье Роже, Массаро Раймоне.
Франджым лъэдакъэм и модэр щигъэкIуэтащ вакъэм и модельер Вивье Роже. Диор Кристиан зэригъэцIыхуа нэужь, модельерыр Dior- м щылэжьэн щIидзащ. Роже и вакъэхэр щIэхыу цIэрыIуэ хъуащ. I952 гъэм Британием и пащтыхь гуащэ Елизаветтэ II Вивье вакъэ иригъэщIат, пащтыхьыгъуэр къыщылъыса махуэм лъитIэгъэну. Вакъэр дыщафэт, удз гъэгъа щIыкIэ зиIэ и лъэдакъэхэм рубин хэгъэпщIат. Вивье вакъэ ирагъэщIырт Дитрих Марлен, Лорен Софи, Бардо Брижит, Тейлор Элизабет сымэ. I954 гъэм псоми я гум дыхьащ «Stilеtto» лъэдакъэр – папцIэу пыупсыкIа къэрэндащым хуэдэт и щIыкIэр. I967 гъэм ягъэлъэгъуауэ щытащ «Дневная красавица» фильмыр. ЛIыхъужь нэхъыщхьэ Денев Катрин Вивье ищIа вакъэ лъэдакъэ плIимэр щигъэлъэгъуащ абы.
Вакъэм и тхыдэм хэтщ Chanel модэ унэм и вакъэщI Массаро Раймон и цIэр. I960 гъэхэм абы Дитрих Марлен папщIэ мывэ цIухэр зыхэгъэтIысхьа вакъэ лъэдакъэ лъагэр ищIат.
Модэр зыджхэм къызэралъытэмкIэ, «шпильки» жыхуэтIэ лъэдакъэ лIэужьыгъуэр къэзыгупсысар итальян Феррагамо Сальваторэщ. Ар къыщалъхуа махуэр - бадзэуэгъуэм и 5-р - вакъэ лъэдакъэм и махуэу ягъэуващ.
Вакъэм Сальваторе пасэу дихьэхат. Илъэси 9 хъууэ адэ-анэм я унэ яфIибгынэри, нэгъуэщI къалэ Iэпхъуат, вакъэ ищIу зигъэсэн папщIэ. Мазэ зыбжанэ нэхъ дэмыкIыу абы япэ вакъэр ищIауэ щытащ и шыпхъум папщIэ. Илъэс II-м иту Феррагамо вакъэ щащI лъэщапIэ къыщызэIуихащ и адэ-анэм и унэм. Езым и ныбжьу лэжьакIуитIи къищтат. Илъэс I4 щыхъум, лэжьакIуих иIэт. ИужькIэ ар Америкэм Iэпхъуащ. Бостон къалэм вакъэ лъапщхьэ кIыхьхэр щащI унэм щылажьэрт абы и къуэш нэхъыжь. Абы и деж Сальваторе къыщилъэгъуащ вакъэр машинэкIэ зэрадыр. Мазэ зыбжанэкIэ а фабрикэм щылажьэри, и къуэшыр тригъэгушхуащ Калифорнием и гъусэу Iэпхъуэну. Феррагамо зэкъуэшхэм лъэщапIэ къыщызэIуахащ япэ щIыкIэ Санта-Барбара, иужькIэ Голливудым. Вакъэр дахэ къудей мыхъуу, икIи тыншу щытын зэрыхуейм егупсысащ Сальваторе. Калифорнием и университетым анатомие щIэныгъэр щиджащ а псом хищIыкIын папщIэ. Куэд дэмыкIыу Феррагамо и вакъэхэр Голливудым и артистхэм зэбгырах хъуащ. Гарднер Ава, Хепбёрн Одри, Пикфорд Мэри сымэ вакъэхэр яхуидырт.
Бзылъхугъэхэр лъагэ зыщIар
I927 гъэм Феррагамо Италием игъэзэжащ. МылъкуфI зэригъэпэщат, и IэщIагъэм щIэ хилъхьэфырт. Флоренцием вакъэ щад лъэщапIэ къыщызэIуихащ. I933 гъэм экономикэ щытыкIэ гугъум и зэранкIэ, вакъэ хьэрычэтыр къызэтригъэувыIэн хуей хъуащ. ИтIани, илъэс зыбжанэм и кIуэцIкIэ Iуэхум аргуэру зыкъиужьыжащ. I938 гъэм XIII лIэщIыгъуэм яухуа Spini Feroni уардэунэшхуэр къищэхуащ. ИужькIэ ар и IуэхущIапIэм и унафэр щащI унэ хъуащ.
Сальваторе и вакъэхэр щIызэбграхыр и фIагъ къудейртэкъым, бзылъхугъэхэр дихьэхын хуэдэу дахэт. I940 гъэхэм Гуггенхайм Пэгги папщIэ къигупсысащ зи лъэдакъэр Iуву зэдэкIуэ вакъэ. I947 гъэм Феррагамэ «F» плъыфэр иIэу къигупсыса вакъэм Nermin Marsus саугъэтыр къыхуагъэфэщащ. Ар вакъэм и модэм и саугъэт нэхъ лъапIэ дыдэщ.
Вакъэм къыщIих мылъкур щымысхьу тригъэкIуадэрт щIэщыгъуэ гуэрхэр и IэщIагъэм хилъхьэным.
Феррагамо I959 гъэм нэхъыщхьэ дыдэр къехъулIащ. «В джазе только девушки» комедиер Голливудым щагъэлъагъуэрт. Модельерым Монро Мерлин папщIэ ида вакъэ 40-м ящыщу а фильмым зыр цIэрыIуэ щыхъуат. Лъэдакъэр псыгъуэт, лъагэт, екIут. ИужькIэ, езы Феррагамо игу къигъэкIыжт лъэдакъэ лъагэм и щэхухэр къызэрихутар. Нэхъапэхэм лъэдакъэр сантиметрипщIым нэбгъэсыну гугъут - лъэдакъэр псыгъуэмэ, зэпыщIыкIырт, пхъэрт къызыхащIыкIри. Абы щыгъуэ егупсысащ гъущIым къыхищIыкIыу фэ трибзэжыну. Апхуэдэу къежьауэ щытащ бзылъхугъэхэм я гум дыхьа лъэдакъэ «шпилькэр».
«Загадки истории» журналым къитхыжащ. ЗэзыдзэкIар Гугъуэт Заремэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2661.txt"
} |
Хэхэс адыгэхэм я пашэ бзылъхугъэ
Тыркуми нэгъуэщI къэралхэми щыцIэрыIуэщ медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, Адыгэ Бзылъхугъэ Хасэм (Истамбыл) и гуащэ Шурдым Гюнсел. Ар сыт щыгъуи жыджэру хэтщ лъэпкъ Iуэхухэм, уеблэмэ езым и жэрдэмкIэ зэхуэс зэмылIэужьыгъуэхэр къэрал зэхуэмыдэхэм щIэх-щIэхыурэ къыщызэрегъэпэщ. ЛъэпкъылI нэсым ипхъу хэкупсэу къыщIэкIащ Гюнсел, зи гъащIэри зи гуащIэри къызыхэкIа лъэпкъыжьым етауэ псэуа и адэм и IуэхущIафэхэм иджы езым къыпещэ.
И лэжьыгъэ нэхъыщхьэм къыдэкIуэу иджыпсту зи унафэщI Адыгэ Бзылъхугъэ Хасэр езым и жэрдэмкIэ илъэс зыбжанэ япэ къызэрагъэпэщыжауэ щытащ. Нэхъ пасэм ар адыгэхэм япэ дыдэу Тырку къэралыгъуэм щызэхаша зэгухьэныгъэхэм ящыщт.
Иджыпсту Гюнсел нэхъыбэу зиужь итыр адыгэ цIыхубзхэм ядэIэпыкъунырщ, абыхэм я къалэнхэр зы мащIэкIэ нэхъ мыхъуми ящхьэщыхынырщ. А псом япэ ирагъэщ, дауи, адыгэбзэр, адыгэ щэнхабзэр, адыгэ хабзэр хъумэныр, щIэблэм ирагъэщIэныр.
«Щэнхабзэ и лъэныкъуэкIэ дызыхэсхэм дыкъызэрацIыхуным, нэхъ зэпыщIа дызэрыхъуным, ди макъамэ, уэрэд дахэхэм цIыхубэр зэрыдедгъэхьэхыным иужь дитщ. Ди къару нэхъыбэр зэтхьэлIэр ди сабийхэм адыгагъэр яхэлъу къэдгъэхъунырщ, бзэр, хабзэр ящIэу балигъ гъащIэм хэдгъэхьэнырщ. Иджырей сабийхэм я адэ-анэхэм бзэр ящIэжкъым, лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэхэм хуэхейщ, абы ипкъ иткIэ, цIыкIухэм нэхъ хэкъузауэ дадолажьэ, ахэр къэзылъхуахэри щIэх-щIэхыурэ зэхыдошэ. Программэ гъэпсам тету долажьэри, адыгэ сабийхэр курыт школым мыкIуэ щIыкIэ, илъэси 3-5 зи ныбжь цIыкIухэр идогъаджэ, адыгэбзэр ядогъащIэ», - жеIэ Шурдымым.
Абы къыдэлажьэхэм я нэхъыбэм IэнатIэ зырыз яIэщ, езым хуэдэу. Ауэ псори зэзышалIэр къызыхэкIам хуэпэжынырщ, бзэр хъумэжынырщ, зыхэсхэм яхэмышыпсыхьыжынырщ, нэхъыщхьэ дыдэращи, къащIэхъуэ щIэблэм адыгэгу якIуэцIылъу къэгъэхъунырщ. Пэжыр жыпIэмэ, лэжьыгъэм къахудэхуэ зыгъэпсэхугъуэ зэманыр Хасэм щагъакIуэу аращ.
Тыркум адыгэ куэд ис щхьэкIэ, Хасэхэм екIуалIэр мащIэ дыдэщ. Ахэр школхэм щоджэ, университетхэм щIэсщ, Европэм, Америкэм щIэныгъэ щызэрагъэгъуэт, я IэщIагъэм щыхагъахъуэ. Дэнэ кърахын абыхэм апхуэдэ зэманрэ Iэмалрэ, Хасэхэм кIуэну, бзэр яджыну? Абы и хэкIыпIэу бзылъхугъэхэм къагупсысащ: щIэныгъэ зыбгъэдэлъ пщащэ дахэхэр, щIалэ къуданхэр щызэхуэзэн, щызэрыцIыхун пшыхьхэр къызэрагъэпэщ. Акъыл жанрэ теплъэ дахэрэ зиIэ щIэблэр гуузкъэ нэгъуэщI лъэпкъ ептыну е къебгъэшэну? Ар дэтхэнэ анэми игу къеуэ Iуэхугъуэщ, дэтхэнэ зы хэхэс адыгэми и гур щIэузщ. Адыгагъэр хъумэжа щыхъунур адыгэ унагъуэхэр яухуэкIэрэщ.
А псом къищынэмыщIауэ, гум еIэзэ дохутыр цIэрыIуэр жэрдэмщIакIуэ хуэхъуащ илъэсипщIым щIигъуауэ къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм къыщызэрагъэпэщ медицинэ конференцэхэм. Абы медицинэм фIыуэ хэзыщIыкI IэщIагъэлIхэр я лэжьыгъэм и пIалъэкIэ щызохъуажэ, зым и IуэхущIафэм адрейр щыкIэлъоплъ, медицинэм щIэуэ къыхыхьа Iэмэпсымэхэмрэ Iэмалхэмрэ щызэрагъэцIыху. Ауэ, Гюнсел зэрыжиIэмкIэ, апхуэдэ конференцэхэм я мыхьэнэ нэхъыщхьэр, дауи, дуней псом щызэбгрыпхъа, щIэныгъэшхуэ зиIэ, зэлэжь Iуэху и лъэныкъуэкIэ цIэрыIуэ хъуа адыгэхэр зэрыцIыхунырщ, зэкIэлъыкIуэнырщ, зэдэIэпыкъужынырщ. А конференцэр хэкужьым нэхъыбэрэ щегъэкIуэкIыным и нэр къыхуокI Гюнсел. А зэхуэсым хэлъ сэбэпынагъ псом къадэкIуэу, дохутырхэм я Iэ къимыхь адэжь щIыналъэр зрагъэлъагъумэ, адыгэбзэ дахэм щIэдэIумэ, хьэуа къабзэм ирибауэмэ, игъащIэ лъандэрэ зи хъыбар зэхах Iуащхьэмахуэ зрагъэлъагъумэ, хъарзынэкъэ?! Ар хэхэс адыгэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэщ.
Бзылъхугъэ Iущым жиIэ зэпытщ «адыгагъэр зыщывгъэгъупщэ, адыгэбзэкIэ фымыпсалъэ» жаIэу ди лъэпкъэгъухэр щагъэшынэу щыта зэман кIыхьыр зэрыблэкIар, икIи къелъытэ я Iэ-я лъэр къаутIыпщауэ, лъэпкъ щэнхабзэм зрагъэужьыфыну Iэмалхэр яIэ хъуауэ. «Апхуэдэ щытыкIэ шынагъуэр щыщыIам хэхэс адыгэхэм куэд яфIэкIуэдащ, хэкужьым къыздраха хъугъуэфIыгъуэ нэхъыщхьэм - бзэмрэ хабзэмрэ - я Iыхьэ нэхъыбэр яIэщIэхуащ. Адыгэ куэд зэрыадыгэр жамыIэфу, анэдэлъхубзэкIэ псалъэ мыхъуу псэуащ. Иджы дызэлэжьыжын хуейщ. Зы цIыхум е Хасэм и закъуэкIэ Iуэхур кIуэтэнукъым. Адыгагъэр къэтIэтыжын папщIэ, Тырку меджлисым Iуэхугъуэ пыухыкIа иригъэкIуэкIын хуейщ пропагандэм епхауэ, къищынэмыщIауэ, «адыгэ хабзэр зезыхьэ, адыгэбзэ зыIурылъ псоми - афэрым!» - жиIэу гъуэгу иритыпхъэщ. Меджлисым апхуэдэ къалэн ипщэ дилъхьэжамэ, зэгуэр ягъэшынауэ щыта цIыху къызэрыгуэкIхэми я щхьэр яIэтыжынут. Тырку телевиденэм тхухиха зэманыр мащIэ дыдэщ. Дэ дыхуейщ махуэ псом адыгэ нэтынхэр екIуэкIыу, адыгэбзэкIэ щыпсалъэу канал диIэну», - жеIэ абы.
«Тыркум дис щхьэкIэ, хамэм дахэшыпсыхь хъунукъым, абы папщIэ сыт хуэдэ шхийми депхъуэн хуейщ», - мэгузавэ зи благъэхэр Зеикъуэ къыщызыгъуэтыжа бзылъхугъэм. ИкIи аращ емызэшу къызыхэкIам щIыхуэлажьэр, и лъэпкъэгъухэр щIиIэтыр, хузэфIэкI илэжьу дунейм щIытетыр.
НэщIэпыджэ Замирэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2662.txt"
} |
Илъэс 30 гъуэгуанэ
Адыгэ Республикэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 30 зэрырикъур Iэтауэ ягъэлъэпIащ ди къуэшхэм. Абы и тхыдэ напэкIуэцIхэм уриплъэжмэ, I922 гъэм бадзэуэгъуэм и 27-м ВЦИК-м и Президиумым Унафэ къыдигъэкIауэ щытащ Шэрджэс (Адыгей) автоном область зэраухуэмкIэ. Абы и цIэр 1922 гъэм шыщхьэуIум и 24-м Адыгей (Шэрджэс) автоном областу зэрахъуэкIат. I937 гъэм щегъэжьауэ Адыгей автоном областыр Краснодар крайм хыхьэу щытащ.
Къэбгъэлъагъуэмэ, Адыгейр къэрал-лъэпкъ щIыналъэхэм ящыщу блэкIа лIэщIыгъуэм и 30 гъэхэм ирихьэлIэу япэ дыдэу щIэныгъэншагъэр зыгъэкIуэдахэм язщ, колхозхэр къызэгъэпэщынымкIи япэ итащ. Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм областым и цIыху мин 80 я хэкум и щхьэхуитыныгъэр яхъумэну фронтым Iухьащ. Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэр къыфIащащ Адыгейм щыщу цIыху 52-м, абыхэм ящыщу 7-р адыгэт.
Адыгэ хэгъэгум и гуащIэрыпсэухэм зэи я гъунэгъухэм зыкъыкIэрагъэхуакъым, сытым дежи зыужьыныгъэ гъуэгум тетт, зауэ нэужь лъэхъэнэми, экономикэмрэ щэнхабзэмрэ зэфIэгъэувэжыным, псэукIэр егъэфIэкIуэным жыджэру телэжьащ. Абы щыгъуэм зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэм папщIэ Адыгейм Лениным и орденыр (I957 гъэ), Лъэпкъ зэныбжьэгъугъэм и орденыр (I972 гъэ) къыхуагъэфэщащ.
I990 гъэм жэпуэгъуэм и 5-м Адыгей областым и Советым и цIыхубэ депутатхэм тхыдэ мыхьэнэ зиIа сессие ирагъэкIуэкIауэ щытащ, автоном областыр РСФСР-м хэгъэгу щхьэхуэу хэгъэхьэнымкIэ. Жэщ хъуху екIуэкIа зэIущIэм и кIэухым утыку кърахьауэ щытащ РСФСР-м Адыгей Автоном Советскэ Социалистическэ Республикэ зэриIэмкIэ. Абы папщIэ депутат 63-м арэзыуэ Iэ яIэтат, 43-р арэзытэкъым, 2-р гуитIщхьитIт.
Адыгейр хэгъэгу щхьэхуэу Урысей Федерацэм хэувэнымкIэ мыхьэнэшхуэ иIащ РСФСР-м и цIыхубэ депутатхэм я II съездым. Ар I990 гъэм екIуэкIащ икIи «РСФСР-м и къэрал суверенитетым и декларацэр» и тегъэщIапIэу РСФСР-м и Конституцэм и 7I-нэ, 82-нэ, 84-нэ стаьяхэм зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьащ. А зэхъуэкIыныгъэхэм япкъ иткIэ, Урысейм и автономнэ областхэр крайхэм къыIахыжри, Урысей Федерацэм и субъект щхьэхуэ хъуащ. Ар конституцэкIэ щIагъэбыдащ I990 гъэм жэпуэгъуэм и 5-м.
ИужькIэ, I99I гъэм мэкъуауэгъуэм и 28-м, Адыгей ССР-м къэрал суверенитетым и Декларацэр къищтащ. Къэралым и Президент Ельцин Борис I99I гъэм бадзэуэгъуэм и 3-м Iэ щIидзащ «Адыгей Автоном областыр РСФСР-м хэт Адыгей Совет Социалистическэ Республикэ зэращIам теухуауэ» РСФСР-м и Унафэм. Абы къыщыхьат щIэуэ зэрагъэпэща щIыналъэм Адыгейм ис лъэпкъ псоми хуитыныгъэ щаIэу, цIыхум и хуитыныгъэр хъумэныр япэ ирагъэщу зэрыщытынур.
Абы къыкIэлъыкIуэу унафэ тращIыхьащ Урысейм и хэгъэгущIэм хабзэ къыдэзыгъэкI, гъэзэщIакIуэ къулыкъущIапIэхэр иIэн зэрыхуейм. ИкIи РСФСР-м и Совет Нэхъыщхьэм и УнафэкIэ ар хуит ящIащ и щIыналъэм и тхыдэм щыяпэ Парламент къызэригъэпэщыну, депутати I00 хэту.
Щхьэхуэу къытеувыIапхъэщ, автономием къыкIэлъыкIуэу республикэ хъуа щIыналъэм адыгэ лъэпкъым дежкIэ мыхьэнэшхуэ зэриIам. Кавказ зауэжьым иужь, I897 гъэм ирагъэкIуэкIауэ щыта къыхэтхыкIыныгъэм къызэригъэлъэгъуамкIэ, Кубань и Iэгъуэблагъэм иса ди лъэпкъэгъухэр абы щыпсэу цIыхухэм я проценти 2 къудей хъууэ арат. ЦIыху мини I92-рэ исти, абы щыщу мин 30-рат адыгэр. А бжыгъэм хэтт Щхьэщэхуж щыпсэухэри, хы ФIыцIэ Iуфэм Iус шапсыгъхэри. Иджыпсту республикэм адыгэ мин 27-рэ исщ. Автономием лъэпкъыр нэхъ зэщIикъуащ. Хьэхъурэт Щыхьынджэрий хэкум пашэ хуэхъуат абы щыгъуэм. Республикэр щIыналъэ щхьэхуиту зэфIэувэнымкIэ мыхьэнэшхуэ иIэт экономикэмрэ щэнхабзэмрэ къэIэтыным. Арауэ жыпIэ хъунущ щIыналъэр зыгъэбыдар.
Къэралыгъуэ зэрыхъуам и нэщэнэ ныпыр, гербыр, гимныр къащтащ. Зэманыр зэрыхьзэрийуэ, зэпэщIэувэныгъэхэр щыкуэду щытами, ди лъэпкъэгъухэм яхузэфIэкIащ я адыгэ лъэпкъым и ныпыр къэрал ныпу кърагъэщтэн. Абы папщIэ Адыгейм и лIыкIуэхэр Санкт-Петергбург щыIэ геральдикэ комиссэм ягъэкIуауэ щытащ. Лъэпкъ ныпым и теплъэри пхъуэж зэрымыхъунур щрагъэдащ абы. НэгъуэщI лъэпкъым къыхэкIауэ республикэм щыпсэухэм я хуитыныгъэхэри хъума хъуным и нэщэнэу, Джарым Аслъэн къыхилъхьэри, ди лъэпкъ бэракъыр Адыгейм и къэрал IуэхущIапIэ псоми фIадзащ. Илъэси I60-рэ зи ныбжь лъэпкъ ныпыр нобэ къэрал мыхьэнэ зиIэ хъуащ. ИужькIэ зэныкъуэкъуи къиини къыхэмыкIыу гербымрэ гимнымрэ къащтащ.
Республикэм зэманым декIуу зэрызиужьым я фIыгъэшхуэ хэлъщ илъэс зэхуэмыдэхэм абы и унафэщIу щытахэу Джарым Аслъэн (I992-2002), Щэумэн Хьэзрэт (2002-2007), ТхьэкIушынэ Аслъэнджэрий (2007-20I7), 20I7 гъэ лъандэрэ Iэтащхьэ къулыкъум пэрыт КъумпIыл Мурат сымэ.
Урысейм къыщрахьэжьэ Iуэхухэр нобэ республикэм жану щызэфIах, бгъэдэлъ беягъхэмкIэ къэралым щынэхъ лъэрызехьэхэм ящыщщ. Адыгэ Республикэм и Iэтащхьэ КъумпIыл Мурат и нэIэ тетщ экономикэм зегъэужьыным, цIыхухэр зыгъэпIейтейхэр зэфIэхыным, абыхэм сыт и лъэныкъуэкIи ядэIэпыкъуным теухуауэ щыIэ Iэмал псори къэгъэсэбэпыным. А псори цIыхубэм зыхащIыкIыу, зэгурыIуэу-зэдэIуэжу, ефIакIуэ зэпыту мэпсэу илъэси I00-м нэблагъэ гъуэгуанэ зи щIыбагъ къыдэлъ Республикэр.
ПсэукIэм ехьэлIа Iуэхур псом япэ ирегъэщ УнафэщIым, сыт хуэдэ Iэмал щыIэми къегъэсэбэп, нэхъыщхьэращи, цIыхухэм я гуныкъуэгъуэхэр елъагъу, жаIэхэр зэхех, къыхуатххэм йоджэри ар и лэжьыгъэм щыщ мэхъу. Министерствэхэм къалэн щхьэхуэу яхуегъэув федеральнэ къулыкъущIапIэхэм жыджэру дэлэжьэнхэу, сэбэпынагъ куэд къахуэзыхь лъэпкъ проектхэр, къэрал, республикэ программэхэр и чэзум зыхуей хуэзэу гъэзэщIа хъуным быдэу кIэлъоплъ.
Адыгейм и псэукIэр зэрефIакIуэм, зэрызиужьым абы щыпсэухэм хьэщIэу еблагъэхэми гу лъатэ. Я гъуэгухэр, жылагъуэ щIыпIэхэр дахэу зэрагъэпэщ, спортым, щэнхабзэм, узыншагъэр хъумэным ехьэлIа IуэхущIапIэхэр къызэIуах, цIыхухэм я нэгу зыщрагъэужьыну щIыпIэхэр и куэдщ, сыт хуэдэ Iуэхутхьэбзэри Мейкъуапэ щыбгъуэтынущ, щIыналъэхэмрэ жылэхэмри еджапIэхэр, гъэсапIэхэр, щэнхабзэмкIэ унэхэр къыщызэIуах. А псор и щыхьэтщ Урысейм и Ипщэ щIыналъэм хиубыдэ хэгъэгухэм ящыщу зыужьыныгъэмкIэ Адыгейр япэ зэритым.
Нобэ АР-р дуней псом къыщацIыху лъахэ дахэщ. Абы и щIыуэпсыр, бгылъэ щIыпIэхэр, псыкъелъэхэмрэ ежэххэмрэ зэ зылъэгъуауэ димыхьэха щыIэу къыщIэкIынъкым. Адыгэ къафэмрэ макъамэмрэ, утыку ит къэфакIуэхэмрэ уэрэджыIакIуэхэмрэ, уи щхьэр лъагэу уэзыгъэлъагъуж «Налмэсымрэ», «Ислъэмеймрэ», IэпэIэсэу, зэчиифIэу, щIэныгъэлIу, тхакIуэу, сурэтыщIу ис цIыху цIэрыIуэхэр уи нэгу къыщыщIыхьэкIэ узэрадыгэм уримыгушхуэнкIэ Iэмал иIэкъым.
Дуней псом цIэрыIуэ щыхъуа адыгэ кхъуейр, ар зыдэлъ хьэлывэ IэфIыр дэтхэнэ туристми гурыхь щохъу. ФIыгъуэ куэд щыгъэпщкIуа Iуащхьэхэмрэ щэху зыкъом зыхъумэ испы унэхэмрэ зыплъыхьакIуэ куэдым я нэ къыхуокI. Ахэращ нобэ Адыгейр къозыгъэцIыхур, абы и цIыхухэращ Адыгейр фIыуэ уэзыгъэлъагъур. Ди къуэш республикэм дохъуэхъу Урысейми дуней псоми и пщIэр къыщалъытэу, зиужь зэпыту иджыри бэрэ щыIэну!
НэщIэпыджэ Замирэ. Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журналист.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2663.txt"
} |
Макъамэр зи дуней, зи гъащIэ
Къэбэрдей-Балъкъэрым и мызакъуэу, ди лъэпкъэгъухэр щыпсэу щIыпIэхэм щыцIэрыIуэ, цIыхубэм фIыуэ ялъэгъуа, пщIэ зыхуащI уэрэджыIакIуэ, Урысейм ис лъэпкъхэм я Артиадэмрэ гъуазджэхэмкIэ «Сочэ-20I3» дунейпсо зэпеуэмрэ я лауреат Аслъэн Iэсият хэлъхьэныгъэфI зыхуищI лъэпкъ щэнхабзэм, макъамэ гъуазджэм зэрымыщIэкIэ хухишауэ щыта гъуэгуанэр угъурлыуэ къыхущIэкIащ.
Зэрысабийрэ зыхилъхьэ щымыIэу макъамэр фIыуэ илъагъурти, микрофон папщIэу зыгуэр къищтэрт, гъуджэм бгъэдэувэрти концерт иту къызыщигъэхъурт, уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэхэм заригъэщхьу. Аруан районым хыхьэ Нарткъалэ и курыт еджапIэ №5-м иIа ансамблым хэтащ и 6-7 классхэм щыщIэсым. Район, республикэ зэпеуэхэм а гупым япэ увыпIэхэр куэдрэ къыщихьащ.
Курыт еджапIэм щыщIэсхэм Пугачёвэ Аллэ и уэрэдхэр фIэфI дыдэу, район, республикэ зэпеуэхэм щыжиIэрт. А уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэр нобэр къыздэсми игу дохьэ. Къэбгъэлъагъуэмэ, и япэ уэрэдхэм ящыщщ Пугачёвэм и «Песенка про меня» уэрэдыр. АбыкIэ зэпеуэ гуэрым япэ увыпIэр къыщихьауэ щытащ. ГукIи псэкIи нэхъ пэгъунэгъухэм ящыщщ Ротару Софие, Антонов Юрий, Серов Александр сымэ я уэрэдхэр. Нэхъ щIалэхэм ящыщу Iэсият зи уэрэд дихьэххэм ящыщщ Зарэ.
Школ нэужьым «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблым зыщигъэсащ, лъэпкъ къафэхэм хуабжьу дахьэхырти. Транспорт IуэхущIапIэм щыIэ макъамэ ансамблым и унафэщIу а зэманым щыта, Ингуш, Осетие Ипщэ республикэхэм щIыхь зиIэ я артисткэ Кърым Иринэрэ Iэсиятрэ I986 гъэм зэрыцIыхуащ. УэрэджыIакIуэхэм я республикэ зэпеуэ къэблагъэрт. Абы хэтыну зызыгъэхьэзыра и уэрэджыIакIуэр сымаджэ щыхъум, Иринэ абы и пIэкIэ Iэсият хигъэхьэри, япэ увыпIэр къыхуагъэфэщащ. Аращ и IэщIагъэм щIэдзапIэ хуэхъуари.
И япэ уэрэдхэм ящыщщ илъэс 20 щрикъум «Кабардинка» ансамблым тыгъэ къыхуищIауэ щыта «Iэлъын цIыкIур» цIыхубэ уэрэдыр. Абы и хъыбарыр гъэщIэгъуэнщ. Къэрэшей-Шэрджэсым концерт щатыну кIуа гупым а уэрэдыжьыр зы къуажэ гуэрым щызэхахащ. Къэсыжа нэужь а уэрэдыр къыхуагъэфэщащ, къыщалъхуа махуэм и щIыхькIэ. «Iэлъын цIыкIур» радиом щригъэтха нэужь, зыкъомым ягу дыхьащ икIи абыкIэ куэдым къацIыхуащ.
«Къэббалъкътелерадиом» и хор Мыз Борис зи унафэщIу щытам Аслъэн Iэсият илъэсипщIкIэ щылэжьащ. Макъамэм хуемыджами, Тхьэм къыбгъэдилъхьа зэфIэкIымрэ кърита макъымрэ къыщхьэпэжащ. КъардэнгъущI Зырамыку къыхуигъуэтыжа цIыхубэ уэрэдхэр фIэфIу куэдрэ игъэзащIэу Iэсият, композитор Iэзэхэми ядэлэжьэну и насып къихьащ. Къэбэрдокъуэ Борис, Вэрокъуэ Валерэ, ЗэрэмыщIэ Заретэ, Къанкъул ФIыцIэ, АфэщIагъуэ Зое, Сокъур Ольгэ, Лосэн Тимур, Лий Аслъэн сымэ макъамэ зыщIалъхьа уэрэдхэр и гъунэжщ. Псалъэхэр Хьэрэдурэ Динэ, Чэрты Мадинэ, Бейтыгъуэн Iэуес, нэгъуэщIхэми ейщ.
- Дунейпсо, Урысейпсо Арт комитетхэм я вице-президент, Бейтыгъуэн Iэуес ди лъэпкъэгъухэр щыпсэу Тыркумрэ Йорданиемрэ I987 гъэм дыщишам, ахэр гуапэу, хуабэу дызэрырагъэблэгъауэ щытар сигу къинэжащ. Си уэрэдхэр къызэхуэсахэм ягу зэрыдыхьэр, зэрапэгъунэгъур я нэгум къищырт. Зэи сщыгъупщэркъым ди щIыналъэм теухуауэ згъэзэщIахэм хэхэсхэм я нэпс къазэрыфIригъэкIуар, - игу къегъэкIыж Iэсият. - Концерт нэужьым зи ныбжь хэкIуэта зы бзылъхугъэ къызбгъэдыхьэри къызэупщIащ зы зэман гуэр зэпызгъэууэ уэрэд щIыжызмыIар къызыхэкIамкIэ. Унагъуэм теухуа щхьэусыгъуэ гуэркIэ пIалъэкIэ утыку сызэримыхьар щыжысIэм, аргуэру къыщIигъужащ: «Уэрэд жумыIэну, Алыхьым къыббгъэдилъхьа зэфIэкIымкIэ цIыхухэм уадэмыгуэшэну, укъызыхуигъэщIар бгъэпщкIуну апхуэдэ хуитыныгъэ уэ уиIэкъым», - къызжиIат цIыхубзым. Нэхъыжьым и псалъэхэм абдежым куэдым срагъэгупсысащ. Гукъинэжщ Москва, Санкт-Петербург къалэхэм, Абхъаз, Адыгэ республикэхэм щыста концертхэр. Сочэ къалэм гъуазджэхэмкIэ щекIуэкIа Олимпиадэри щIэщыгъуэ хъуат. А фестивалым и дыщэ медалымрэ щIыхь тхылъымрэ къысхуагъэфэщащ. Апхуэдэу, «Дыщэ микрофон» саугъэтыр тыгъэ къысхуащIащ.
Аслъэн Iэсият лирикэ уэрэдхэр нэхъ пэгъунэгъущ. Гурэ псэкIэ уэрэдыр зыхимыщIэмэ хужыIэнукъым, утыку хуихьэнукъым. Абы и щхьэусыгъуэр ар цIыхубэм ягу зэрынэмысынырщ. ЗэрытщIэщи, уэрэдыр зэхэзыххэм щапхъуатэр гумрэ псэмрэ къабгъэдэкIыу щыжыпIэм и дежщ.
- Си гъащIэр къыгуэхыпIэ имыIэу зэпха макъамэр си дежкIэ сызэрыбауэ хьэуащ. Утыкушхуэм и IэфIыр зэгуэр зыхэзыщIа цIыхур абы пэIэщIэу псэуфынукъым. Узэрысабийрэ фIыуэ плъэгъуа, удэзыхьэха IэщIагъэм ущыпэрытым и деж абы нэхъыфI щыIэкъым, ар нэсу богъэзащIэ. ЦIыхубэм си уэрэдхэр ягу дыхьэу щыслъагъукIэ абы гукъыдэжрэ гупсэхугъуэу къызитыр къэIуэтэгъуейщ.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2664.txt"
} |
Нобэ
♦Хъыджэбз цIыкIухэм я дунейпсо махуэщ
♦ЦIыхум лы лей зытрилъхьэным ебэныным и дунейпсо махуэщ
♦1956 гъэм къалъхуащ полицэм и генерал-майор, КъБР-м щIыхь зиIэ и юрист Кумыщ Мухьэрбий.
♦1958 гъэм къалъхуащ къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ, КъБР-м тхылъыр фIыуэ зылъагъухэм я зэгухьэныгъэм и Советым и тхьэмадэ, республикэм и ЩIыхь тхылъыр зыхуагъэфэща Бекъул Аслъэнбэч.
♦1967 гъэм къалъхуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и унафэщIу 2004 - 2010 гъэхэм лэжьа ПщыхьэщIэ Iэнас.
♦Дыгъэр къыщIэкIынущ сыхьэти 6-рэ дакъикъэ 14-м, къухьэжынущ сыхьэт 17-рэ дакъикъэ 30-м.
♦Махуэм и кIыхьагъщ сыхьэт 11-рэ дакъикъэ 16-рэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru сайтым зэритымкIэ, ди республикэм махуэм пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 15-16, жэщым градус 8-9 щыхъунущ.
Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2665.txt"
} |
НОБЭ
♦Къупщхьэ узым ебэныным и дунейпсо махуэщ
♦УФ-м и МВД-м и медицинэ IуэхущIапIэхэм я махуэщ
♦1897 гъэм Урысейм щыяпэу футболымкIэ зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ.
♦1957 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр къызэIуахащ. Абы и япэ ректору ягъэуват Бэрбэч ХьэтIутIэ.
♦1937 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессору, ЩIДАА-м и академикыу щыта Быж Алий.
♦1956 гъэм къалъхуащ КъБР-м, Ингушым, Осетие Ипщэм щIыхь зиIэ я артисткэ Кърым Иринэ.
♦Дыгъэр къыщIэкIынущ сыхьэти 6-рэ дакъикъэ 15-м, къухьэжынущ сыхьэт 17-рэ дакъикъэ 28-м.
♦Махуэм и кIыхьагъщ сыхьэт 11-рэ дакъикъэ 13-рэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru сайтым зэритымкIэ, ди республикэм махуэр уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 15-18, жэщым градус 6-9 щыхъунущ.
Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2666.txt"
} |
ГушыIэр зи щIасэ
Я къежьапIэр я гъуазэу Урысей утыкум зи цIэр щызыгъэIуа цIыху зэчиифIэхэм я дэтхэнэ зы ехъулIэныгъэми цIыхубэр щогуфIыкI. Апхуэдэхэр дэнэ щымыIэми, я гъащIэ гъуэгуанэр гъэнщIащ щалъхуа лъахэм къарит дэрэжэгъуэмкIэ.
Урыс тхакIуэ цIэрыIуэ Устиновэ Татьянэ «Си лIыхъужь» фIэщыгъэм щIэту иригъэкIуэкI телевизионнэ нэтыным иджыблагъэ хэтащ Урысейм и ТНТ каналым игъэлъагъуэ «Comedy KIab» гушыIэ нэтыным щыджэгу Борщовэ Еленэ. КIэщIу фигу къэдгъэкIыжынщ:
Ар 2000 - 2006 гъэхэм Псыхуабэ и гуп къыхэхам хэту урысейпсо КВН зэпеуэхэм хэтащ. Зи теплъэкIи зи зыIыгъыкIэкIи жюрир зэуэ къэзыхьэхуа пщащэм адэкIэ и зэфIэкI щигъэлъэгъуащ «Сomedy Woman» шоу нэтыным.
ТхакIуэ набдзэгубдзаплъэр щIэмыупщIэу къигъэнакъым Еленэ и гъащIэр къызэрекIуэкIам:
- Сэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэ Налшык сыкъыщалъхуащ.ФIы дыдэу а къалэр солъагъу. Дыжьын медалкIэ школыр къэзухри, Псыхуабэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызэзгъэгъуэтащ. Сыздеджэм къызгурыIуащ, зэзгъэгъуэт IэщIагъэм сыдэзыхьэх, дэрэжэгъуэ къызэзыт Iуэху гуэри щIыгъун зэрыхуейр. Куэдрэ сымыгупсысэу КВН-м сыхыхьащ…
Сыкъыщалъхуар хабзэ щызекIуэ муслъымэн республикэщ. Щэн зэпIэзэрыт зэрысхэлъымкIэ сыкъызыхэхъукIа лъэпкъхэм я дуней тетыкIэр щапхъэ схуэмыхъуауэ схужыIэнукъым.
Абы и адэмрэ и анэмрэ иджыри студенту Краснодар щызэрихьэлIат. Панамэм щыщ Хулио Геррэ мэкъумэш щIэныгъэ зригъэгъуэта нэужь и хэкум игъэзэжауэ хъарзынэу щопсэу, Совет Союзым щызригъэгъуэта IэщIагъэм иролажьэ. Еленэ япэу и адэр щилъэгъуар илъэс 20 щрикъурщ. А зэманым абы испаныбзэр уэрсэру ищIэрт.
Теленэтынхэм къыдэкIуэу фильм зыбжанэми ехъулIэныгъэкIэ щыджэгуа Борщовэ Еленэ и мурадщ нобэ къыхуагъэлъагъуэ гушыIэ ролхэм я мызакъуэу, нэгъуэщI киножанрхэми и зэфIэкI щигъэлъэгъуэну. Панамэ жыжьэм щиIэ и къуэпсыр, и адэм Iурылъа бзэр, щалъхуа лъахэм и IэфIыр, къызыхэхъукIа лъэпкъхэм я хабзэр зымыгъэкIуэда Борщовэ Еленэ - Санта-Марие Геррэ фIыщIэ лей хуэфащэщ.
Жанхъуэт Зузэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2667.txt"
} |
«Дзэ» псалъэм къытепщIыкIахэр
БзэщIэныгъэ
Дзэ - зауэ хуэIухуэщIэ къарухэр.
Дзэзешэ – дзэм и пашэ.
ДзакIуэ-дзашэ – дзэзешэ.
Дзапщэ, дзэпашэ, дзакIуэпашэ – дзэм ипэ ит пакIэ, «дзэпашэу шу щхьэмыгъазэхэр биидзэм зэдобгъэрыкIуэ».
ДзакIуэ-дзашэ, дзэпщ – дзэм я Iэтащхьэ.
Дзэгъасэ - дзэ пакIэм и унафэщI.
Дзэгъуэлъ - гъуэгу тет дзэм я къэувыIэгъуэ-зыгъэпсэхугъуэ.
ДзэгъуэлъыпIэ - дзэм зыщигъэпсэху щIыпIэ.
Дзэхъумэ - дзэ зызыгъэпсэхум е гъуэгу техьам зэрымыщIэкIэ къытемыуэн папщIэ, бийм кIэлъыплъ дзэ пакIэ; плъыр, къэрэгъул.
Дзэшу - зауэлI шу.
ДзэкIэ - дзэм и кIэ дыдэр.
Дзэукъуэ – дзэр зыгъэгужьей цIыхум, хьэгъапхъэ, хьэзежэ зыщI хъыбарым хужаIэ.
Дзей – зэдзылIауэ зэдэлажьэ, Iуэху гуэр зэдэзыщIэ.
Дзэуэкъуэдзыхь – Iуэхур зраухылIэу дзыхь зыхуащIа цIыху.
ДзэхэнапIэ – нэрыгъ щIын, зыгуэр мыгъэпсэун, гупсэхугъуэ имыгъэхуэн.
Дзэпкъэуэн – дзэпэфIанэкIэ, дзэкIэ еIэн, пхъуэн (псэущхьэ Iэлхэм, хьэкIэкхъуэкIэхэм хужаIэ). Дыгъужьыр мэдзэпкъауэ.
Бэрау Бышэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2668.txt"
} |
Сабий фIыуэ елъагъу
Илъэс 42-рэ сабийр гъэсэным, ар егъэджэным иритащ Къардэн Риммэ Хьэбас и пхъум.
Риммэ Дзэлыкъуэ лъахэм хыхьэ Къармэхьэблэ къуажэм 1949 гъэм щэкIуэгъуэм и 12-м къыщалъхуащ. Жылэм дэт курыт еджапIэм №1-м и 9-нэ классыр 1966 гъэм фIы дыдэу къиухри, Налшык щыIэ педагог училищэм щIэтIысхьащ. 1970 гъэм, училищэ нэужьым, щалъхуа къуажэм къигъэзэжри пэщIэдзэ классхэр иригъаджэу лэжьащ. 1972 гъэм унагъуэ ихьащ - икIи а къуажэм и курыт еджапIэ №1-нэм и лэжьыгъэм Сэрмакъ къуажэм щыпищащ. А гъэ дыдэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и филологие факультетым щIэтIысхьэри, 1978 гъэм ар къиухащ, урысыбзэмрэ литературэмкIэ иригъэджэну хуитыныгъэ иIэу. 1983 гъэм Сэрмакъ дэт курыт еджапIэ №3-м уври абы 2012 гъэ пщIондэ щылэжьащ.
Риммэ и лэжьыгъэри, иригъаджэ сабийхэри фIыуэ илъагъуу къэгъуэгурыкIуащ. «ТIэкIу зызгъэпсэхуащэрэт» жиIэу игу къэкIыртэкъым. Зыгъэпсэхугъуэ зэманхэми сабийхэр зыплъыхьакIуэ е санаторэ ишэрт. Санаторэми загъэпсэхуу щыIэ къудейтэкъым, атIэ зэпеуэ сыт хуэдэхэр ирагъэкIуэкIыурэ, жыджэру абы хэтахэм я нэгуи зиужьауэ, фIыщIэгуапэ тхылъхэри «къайщэщэхыу» къишэжхэрт.
80 гъэхэм, и лэжьыгъэфIым папщIэ, Риммэ къэралыр къыхуэупсащ: абы зыщригъаджэ пэшым мелуан ныкъуэ и уасэ унэлъащIэ - шкаф, шэнт, стIолхэр хущIагъэуващ. А зэманым сомышхуэт ар! Абы имызакъуэу, егъэджакIуэм и лъэр жан зыщI гулъытэт. Илъэс куэдкIэ псэхьэлэлу и IэнатIэм зэрыбгъэдэтам папщIэ, Къардэным районми республикэми фыщIэгуапэ тхылъхэмрэ дипломхэмрэ къыщыхуагъэфэщащ. Ауэ езы Риммэ дежкIэ сыт щыгъуи нэхъ лъапIэр - и еджакIуэхэмрэ абыхэм я адэ-анэхэмрэ къыхуащI фIыщIэрт, псалъэ гуапэ къыжраIэрт. Абы иригъэджа, 9-нэ классым кIуа ХъуэкIуэн Ася район газетым къытрыригъэдзат: «Риммэ Хьэбас и пхъур егъэлеяуэ цIыхуфIщ икIи губзыгъэщ. Абы хузэфIэкIащ щIэныгъэм гу хузигъэщIын. Сабий къэс бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэ къыхуегъуэтыф. Емызэшыжу къыддэлэжьащ. И предметхэм я закъуэтэкъым дэ егъэджакIуэм дызэреупщIыр. ГъащIэм сыт хуэдэ лъэпощхьэпо дыщыхуэзэми, сыт хуэдэ упщIэ гугъу дрихьэлIэми - дапщэщи Риммэ Хьэбас и пхъур ди псэлъэгъут, ди чэнджэщэгъут.»
Адэ-анэхэм ящыщ зыми - Къущхьэ М. - псалъэ гуапэхэр къыхужиIэрт Риммэ: «ЩIэныгъэм и лъабжьэр зыгъэтIылъыр япэ егъэджакIуэрщ. Сэ си быным щIэныгъэм щича япэ лъэбакъуэхэри, адэкIэ фIыуэ зэреджари зи фIыщIэр Риммэщ. Абы сабийхэр фIыуэ елъагъу, сыт щыгъуи игу-и лыр ящIоуз. Зи лэжьыгъэм хуэпэжщ, зи IэщIагъэм фIыуэ хэзыщIыкIщ. ЕгъэджакIуэ нэсщ…»
Езым и IэщIагъэр къыхэзыха еджакIуэ куэд иIэщ Риммэ.
Къардэн Риммэ иджы пенсэм кIуауэ зегъэпсэху. Ар хуабжьу щогуфIыкI иригъэджахэм щыщ къыщыкIэлъыкIуэм, ахэм я ехъулIэныгъэхэм и хъыбар къыщыхуащIыжым деж…
Къэшэж Людмилэ, Къармэхьэблэ къуажэ
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2669.txt"
} |
Хьэрэ-Кхъуэрэ
Бгым и щэхур
Зеикъуэ щыIэщ Хьэрэ-Кхъуэрэ жыхуаIэ бгыр. А цIэр къызытекIар и щыгур хьэмрэ кхъуэмрэ ещхьу «къыхэбзыкIауэ» зэрыщытарщ, уэшхым, уэсым, жьапщэм бгыщхьэр илъэсащи, «хьэри кхъуэри» иджы щыплъагъужыркъым.
2011 гъэм Хьэрэ-Кхъуэрэ бгъуэнщIагъ къыщагъуэтауэ щытащ. ЗэрыжаIэмкIэ, ар бгым и лъабжьэм метри 100-кIэ йох, метр 36-рэ зи лъагагъ пэшышхуэм хуокIуэж, и блынхэри телыдыкIыу захуэщ. Блыныр мывэ джейкIэ (мегалит) зэтелъхьащ, зэрыIэрыщIыр нэрылъагъуу. БгъуэнщIагъыр IэрыщI щхьэкIэ, цIыхум и Iэужь гуэр къыщIэнауи къахуэгъуэтакъым, къабзабзэщ. КъэхутакIуэ Чернобров Вадим зэрыжиIэмкIэ, къагъуэта бгъуэнщIагъыр псэупIэкъым, щIащIамрэ абы щрагъэкIуэкIыу щытамрэ гурыIуэгъуэкъым.
Арами, а къэхутэныгъэм дунейпсо тхыдэм зэхъуэкIыныгъэшхуэ хилъхьауэ жыпIэ хъунущ - Хеопс и пирамидэм и кIуэцIыр къызэрищIыкIам, зэрыухуам, зэрызэхэлъым хуэдэкъэпсщ, зы зэманми зэдаухуауэ жаIэ! Хеопс и пирамидэми хуэдэу, Хьэрэ-Кхъуэрэ и лъабжьэ щIэлъ ухуэныгъэр зэрызэтелъ мывэхэм метри 5 я лъагагъщ, тонн 200 я хьэлъагъщ. Ахэр апхуэдизкIэ зэкIэщIэтщи, я зэхуакум мастэ пхудэгъэлъадэркъым.
«Сыт а ухуэныгъэр зищIысыр?», - упщIэр жэуапыншэщ зэкIэ. КъэхутакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, ар пасэрей къалэм щыщщ, цIыху щIэсауи щылэжьауи къыщIэкIынукъым, Iуэху гуэрым хуащIагъэнут. Щаухуа зэманым щыгъуэ щIы лъабжьэми щIащIыхьатэкъым, атIэ лIэщIыгъуэжьхэм щIахъумауэ аращ. Хеопс и пирамидэри Сфинксри, пшахъуэм щIихъумауэ къагъуэтри, къыщIатIыкIыжауэ аращ.
Иджыри зы Iуэхугъуэ къыхэгъэщыпхъэщ - ухуэныгъэм къыхэкI пэш цIыкIухэр, зэрыжаIэмкIэ, Iуащхьэмахуэ лъапэм нос.
Фырэ Анфисэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "267.txt"
} |
Ипотекэ программэр йофIакIуэ
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ унагъуэ 300-м нэблагъэм я псэупIэр ирагъэфIэкIуащ Урысейм и «Мэкъумэшбанкым» и ипотекэмкIэ.
Банкым КъБР-м щиIэ и къудамэм и ипотекэ кредит портфелыр 2021 гъэм и жэпуэгъуэм ирихьэлIэу сом 1,8 мелардым щIигъуащ. Илъэсым и япэ мазибгъум къриубыдэу сом мелуан 665-рэ хъу ипотекэ кредит 299-м и дэфтэрхэр ягъэхьэзыращ. Нэгъабэрей щытыкIэм тету портфелыр хохъуэ.
«Банкым сытым дежи кредит программэхэр ирегъэфIакIуэ, цIыхухэм я дежкIэ ар нэхъ гъэщIэгъуэн, тынш ящищIын мурадкIэ. Кредит зыт банкыр къыщыхахкIэ щIыхуэр къэзыщтэр нэхъапэу зэплъыр Iуэхутхьэбзэхэм я тыншыгъуэрщ, езэгърабгъурщ. ЩIыналъэм щыпсэухэм я деж нэхъ щIэупщIэшхуэ зиIэр псэупIэ хьэзыр къызэращэхун кредит программэрщ», - къыхигъэщащ Урысейм и «Мэкъумэшбанкым» Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ и къудамэм и унафэщI Сокъур Алим.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, «Мэкъумэшбанк» акционер обществэр Урысейм и агропромышленнэ комплексым Iуэхутхьэбзэ хуэщIэнымкIэ и лъэпкъ финанс-кредит системэм и лъабжьэщ. Ар 2000 гъэм къызэрагъэпэщащ икIи IэщIэлъ мылъкумрэ зэфIигъэкI IуэхутхьэбзэхэмкIэ къэралми дунейми щынэхъ лъэщ дыдэхэм ящыщ зыщ.
Къэхъун Бэч.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2670.txt"
} |
Гъуапэжь
ТIуапсы къалэм къедза Iэшэлъашэм щыIэ бгылъэ шытхщ, ЦIэпс (Цыпка, ПцIэпс) къуажэ цIыкIум ипщэ-къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ къыдекIуэкI лъагапIэщ.
Гъуапэжь псалъэр, гу зэрылъытэгъуафIэщи, IыхьитIу зэхэтщ: гъуап (гъуапэ) - Iэгъуапэ мыхьэнэм хуэбгъакIуэ хъунымрэ «жьы» - «ин», «инышхуэ», «зэрыщыIэрэ зэманыфI дэкIа» егупсысыкIэхэм тедгъахуэмрэу. Мы щIыпIэм щыIэ бгъуэнщIагъхэм я нэхъ гъэщIэгъуэн дыдэми а цIэр, «гъуапэжь» зытрагъэIукIар, зэрехьэ.
Мыри къыхэгъэщыпхъэщ. КIахэ адыгэхэм бдзэжьей псалъэм пагъакIуэу «пцIэ» жыIэкIэри яIэщ. Аращи, щIыпIэцIэхэм я къэунэхукIэ хъуар зэхэгъэкIыным дихьэххэм я нэхъыбэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, зи гугъу тщIы лъагапIэр зыпэгъунэгъу къуажэ цIыкIум зэреджэри мыпхуэдэу къыдгурыIуэ хъунущ: Цыпка - ЦIэпс - ПцIэпс - Бдзэжьеипс жыхуиIэу.
Хы ФIыцIэ Iуфэм егъэщIылIа ПсыфIыпэ (Лазаревск) къалэ цIыкIум километр 19-кIэ (мэзылъэ IуащхьэхэмкIэ) пыIудза Тхьэгъэпщ адыгэ къуажэм къыпэгъунэгъу шытххэм ящыщ зыщ. Лъахэджхэм я нэхъыбэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, псалъэр IыхьитIу: «гъуэны» - рэ «тхы» - уэ зэхэтщ.
«Гъуэны» жыIэкIэр кIахэ адыгэхэр бжьэ матэхэм Iугъуэ зэрыщIагъэу удз лIэужьыгъуэ, дэ, къэбэрдейхэм, «жыгкугъу» (омела белая) зыхужытIэрщ. «Тхы» Iыхьэр, зэрынэрылъагъущи, къызэрыдгурыIуэ хъунур лъагапIэхэр зэпызыщIэ тхыцIэ (сэнтх) егупсысыкIэм тедгъахуэущ. Аращи, зэрыщыту къатщтэмэ, мы фIэщыгъэм къикIыр ди нэгу къызэрыщIэдгъэхьэ хъунур «гъуэны» («жыгкугъу») удзым щIигъэна шытх» мыхьэнэм хуэкIуэущ.
Мы псы цIыкIум зэрихьэ цIэм и зэхэгъэувэкIэ хъуами ехьэлIауэ еплъыкIэ зыбжанэ щыIэщ.
Абыхэм ящыщ зым и телъхьэт «Адыгская (Черкесская топонимия)» тхылъ гъуэзэджэр зи IэдакъэщIэкI КIуэкIуэ Джэмалдини. А щIэныгъэлIым къызэригъэлъэгъуауэ щытамкIэ, фIэщыгъэр «гъо» - «гъуэ» (ятIагъуэр зи тепщэ гъуэжьыгъэ), «псы» Iыхьэхэу зэхэтщ. Ауэ щыхъукIи, къызэрыдгурыIуэ хъунур «гъуэжьыпс» мыхьэнэм хуэдгъакIуэущ.
Адыгэ Республикэм щыпсэуа лъахэхутэ цIэрыIуэ Мерэтыкъуэ Къасым щыхьэт зэрытехъуэу щытамкIэ, фIэщыгъэм и япэ Iыхьэу «гъо» - «гъуэ» теплъэ зиIэр ди нэгу къызэрыщIэдгъэувэ хъунур «бгъуэнщIагъ» егупсысыкIэм хуэкIуэ «гъуэ» жыIэкIэм техуэущ.
Мыбдежым зи гугъу щытщI «Гъуэпсы» псалъэр «ШIоикъу» («ФIеикъуэ», «Большое Псеушхо», «Псыущхъуэ») шапсыгъ къуажэ телъыджэм къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ блэж псы цIыкIум зэреджэщ. ШIоикъуэпс (ФIеикъуэпс) а жылэм блэжа иужькIэ Ныожъыепс (Ныуэжьыпс) холъэдэж.
ХЬЭТЫКЪУЭ ЩауапцIэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2671.txt"
} |
Ди щIалэхэр пашэщ
Иджыблагъэ Наро-Фоминск щекIуэкIащ зи ныбжьыр илъэс 23-рэ иримыкъуахэм бэнэкIэ хуитымкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэ. Абы щыбэнащ къэралым и спортсмен нэхъыфI 250-м нэблагъэ. Зэхьэзэхуэм ехъулIэныгъэ щызыIэрагъэхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым икIахэм.
Килограмм 70-м нэблагъэ зи хьэлъагъхэм я зэпэщIэтыныгъэм пэщIэдзэ зэIущIэхэм шэч къызытумыхьэн текIуэныгъэхэр къыщызыхьа, Адыгейм Республикэм и цIэкIэ банэ Къэжэр Резуан кIэух зэIущIэм къыщыхуэзащ Краснодар крайм и лIыкIуэ Аракелян Юрэ. Ислъэмей къуажэм дэт «Вымпел» спорт комплексым Мэршэныкъул Тимуррэ Елмэс Аслъэнрэ я нэIэ щIэту япэ лъэбакъуэхэр спортым щыхэзыча ди лъэпкъэгъум финал зэIущIэр жыджэру къыщIидзащ икIи куэд дэмыкIыу зы очкокIэ япэ ищащ. АрщхьэкIэ и хьэрхуэрэгъуми къикIуэтын мурад иIэтэкъым - бжыгъэр зэхуэдэ ищIыжащ, уеблэмэ япэ ищыжащ. ЗэIущIэм хухаха зэманыр иухыным секунд 30 фIэкIа къэмынэжауэ Къэжэрым бжыгъэр 2:2-м хуигъэкIуэжащ икIи иужьрей дыдэ секундхэм текIуэныгъэ къыхуэзыхьа баллыр и хьэрхуэрэгъум къыфIихьыжыфащ.
Спортсменыр зэхьэзэхуэм хуигъэхьэзыращ Iэпщэ Анзор.
Иджыри ди зы лъэпкъэгъу спортым и мастер ЗакIуий Азэмэт щыбэнащ урысейпсо зэхьэзэхуэм. ТекIуэныгъэм щыхуэкIуэм абы хигъэщIащ Осетие Ищхъэрэ-Аланием щыщ спортсменитIрэ Брянск областым и лIыкIуэмрэ. Кърымым и цIэкIэ утыку къихьэ ди лъэпкъэгъум килограмм 92-м нэблагъэ зи хьэлъагъхэм я финал зэIущIэм хьэрхуэрэгъу къыщыхуэхъуащ Кемеровэ областым щыщ Пшеничников Константин. ЗэпэщIэтыныгъэм и япэ Iыхьэм баллищ къихьыу япэ ища пэтми, зыгъэпсэхугъуэр къыщысам ЗакIуийр 3:4-уэ къыхагъащIэ хъуат. ЕтIуанэ Iыхьэм зэрыщIидзэжу Азэмэт зызэщIикъуэжри, зэкIэлъхьэужьу балл тIурытI и хьэрхуэрэгъум къыфIихьащ икIи 7:4-уэ зэIущIэм щытекIуэри дыщэ медалыр зыIэригъэхьащ.
Спортсменыр ягъасэ ЗакIуий Арсен, Грек Игнат, Муратов Эдем сымэ.
Жыласэ Замир.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2672.txt"
} |
Адыгэшымрэ адыгэлIымрэ зэрызэкъуэтщ
Нартан къуажэм къедза «Гуэрэн» шыгъэжапIэм махуипщIкIэ щекIуэкIа «Адыгэш зэхьэзэхуэр» («Черкесское дерби») и кIэм нэблэгъащ. Жэпуэгъуэм и 10-м, шухэм иужьрей километри 100-р зэрызэпаупщIу, гуфIэгъуэ пшыхьым зэхуишэсащ зэхьэзэхуэм хэтахэр, абыхэм я къэпщытакIуэхэр, адыгэшыр фIыуэ зылъагъухэр.
«Зышрэ зы шурэ» хабзэм тету, шыри шури ямыхъуэжу километр 1000 зэпачащ «Адыгэш зэхьэзэхуэ-2021»-м хэтахэм махуипщIым и кIуэцIкIэ.
Жэпуэгъуэм и 1-м, пщэдджыжьым сыхьэти 6-м гъуэгуанэ зэдытехьа шу 27-м щыщу и кIэм нэсар 8 къудейщ. Шыхъуэ щIэныгъэр апхуэдэу ткIий пэтми, адыгэшым зи псэ хэлъ дунейпсо цIыхубэм я гъэфIэн хъуауэ пхужыIэнущ а шу 27-р. Зи гугъу тщIы гулъытэр апхуэдизкIэ инти, уеблэмэ щIалэхэм я хъыбарым адыгэбзэм и пэ къихуэу, инджылызыбзэкIи франджыбзэкIи Интернетым дыщрихьэлIэрт. Пщыхьэщхьэм къекIуэлIэжахэмрэ пщэдджыжьым гъуэгуанэр пащэну къэпщытакIуэхэм хуит ящIахэм я бжыгъэмрэ кIэлъыплъырт дэнэ лъэныкъуэкIи зэхьэзэхуэм и хъыбар щызэIэпызых шыхъуэхэмрэ ауэ адыгэшыр фIыуэ зылъагъухэмрэ. Шэч закъуи хэмылъу, мы Iуэхум хэта дэтхэнэ зы шуми пщIэ лей хуэфащэщ. Зэхьэзэхуэм и иужьрей махуищырщ щIалэхэм уэшх къатемышхэу зекIуэну Iэмал щаIар. Псалъэ пхурикъунукъым я лъэгуажьэм нэс ятIэм хэту абы хэта псэущхьэ угъурлыхэмрэ абыхэм бэшэчагъкIэ къакIэрымыхуа шухэмрэ я лIыгъэр здынэсыр къэпIуэтэну.
Нэгъаби хуэдэу, «Гуэрэным» щызэхуэса къэпщытакIуэ гупым хэтащ Урысейм шы гъэхъунымкIэ и IэщIагъэлI нэхъыфI дыдэхэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу Амщокъуэ Хьэжысмел, Вэрокъуэ Жыраслъэн, Урысейм и щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм къикIа Нечаевэ Надеждэ, Купцовэ Надеждэ, Вальтер Татьянэ, Лукьянович Александр сымэ.
Адыгэшым и дунейм щылъэрызехьэ Зыхъуэ Замир, Дудэ Арсен, Хъупсырджэн Залым, Щоджэн Щамел сымэ иджы къагуэуващ иджыри къэс зи цIэ зэхэдмыха щIалэ ахъырзэманхэр. Ди щIэджыкIакIуэхэми я нэ къикI къыщIэкIынщ зэхьэзэхуэм и кIэм нэс хэтахэр зэрагъэцIыхуну.
Зэхьэзэхуэм зэрыщIидзэри, адрейхэм куэдкIэ япэ ищауэ кIуэрт япэ увыпIэ къэзыхьа Тулащ Мурат зытеса Лэсчэн хакIуэр. Ар къыщыхъуащ Анзорей дэт «Залым» шы гъэхъупIэм. Шум гъуэгуанэм тригъэкIуэдащ сыхьэти 104-рэ дакъикъэ 27-рэ секунд 27-рэ.
ЕтIуанэ увыпIэр къэзыхьа Хьэтщыткъуэ Мурат (Къэплъэн) сыхьэтым щIигъукIэ япэ ищащ ещанэ увыпIэ къэзыхьам. Абы гъуэгум тригъэкIуэдащ сыхьэти 114-рэ дакъикъэ 25-рэ секунд 23-рэ.
Ещанэ увыпIэр къихьащ Бузд Илъяс ( Маузер). Абы къигъэлъэгъуа зэманыр: сыхьэти 115-рэ, дакъикъэ 41-рэ секунд 58-рэ.
Мыпхуэдэ зэхьэзэхуэхэм мыхьэнэшхуэ щрат шыр гъуэгуанэм къытекIыжа нэужь, и Iэпкълъэпкъыр зэрызэтеувэжым. А лъэныкъуэмкIэ нэхъ шыфIу къалъытащ еплIанэу къэса Щоджэн Щамел зытеса Темрыкъуэр.
Я цIэ къитIуэнщ дакъикъэ бжыгъэкIэ фIэкIа абыхэм яужь къимына адрей щIалиплIми: етхуанэр Цыкъан Азэмэтщ (Буран); еханэр Къанкъул Муратщ (Атлэс); ебланэр ДыщэкI Аликщ (Улан); еянэр Мэремкъул Мухьэмэдщ (Къангъуш).
ЩIалэхэм езы «Адыгэшыр хъумэнымрэ зегъэужьынымкIэ фондым» игъэува мылъку саугъэтхэм нэмыщI, хьэрычэтыщIэ щхьэхуэхэм хухагъэкIа ахъшэ тыгъэхэри IэщIалъхьащ. «Мыр зэрымымылъкушхуэр къыдгуроIуэ, - яжриIащ абыхэм щехъуэхъум Фондым и тхьэмадэ Сибэч Артур. - НэгъуэщI мыхъуми, Iуэхум фыхэтын папщIэ тевгъэкIуэда тIэкIур къыхэфхыжынщ. Дыщогугъ къыкIэлъыкIуэ илъэсхэм шум и бжыгъэри ахэр зэрыдгъэлъапIэ мылъкури нэхъыбэ тхуэщIыну».
Зэхьэзэхуэр зи нэIэ щIэту екIуэкIа Шы гъэхъунымкIэ Урысей щIэныгъэ - къэхутакIуэ институтым и унафэщI Зайцев Александр илъэс етIуанэ хъуауэ хэтщ Нартан щекIуэкI зэхьэзэхуэхэм. Шыгъажэ кIыхьым и мыхьэнэм щытепсэлъыхьым, щIэныгъэлIым жиIащ: «Мыпхуэдэ гъэунэхуныгъэхэм шу псори и кIэм нэбгъэсыну ухуейщ. Мы гъэм гъуэгуанэм и хьэлъагъри езы гъэунэхуныгъэр гугъу дыдэу зэрекIуэкIари псоми ди нэгу щIэкIащ. Зэрытлъагъущи, шыхэри шухэри абы я щхьэр лъагэу къыхэкIащ. Нобэ абыхэм къагъэлъагъуа лъагагъыр укъэзыгъэуIэбжьщ. ФIыщIэшхуэ хузощI «Адыгэшыр хъумэнымрэ зегъэужьынымкIэ фондым». Абым зэфIих Iуэхушхуэхэм езы лъэпкъри шухэмрэ шыхъуэхэмри зэкъуигъэувэ къудейкъым. Мыпхуэдэ зэпеуэхэм щIэныгъэри ипэкIэ егъэкIуатэ, езы адыгэшми нэхъри зрегъэужь».
Сыт щыгъуи хуэдэу, гукъинэжу псэлъащ зэхьэзэхуэр щызэхуищIыжым Фондым и тхьэмадэ Сибэч Артур: «ЛIы ирикъур зэрыпсэур зы хабзэм тетущ: пхуэщIэр пщIэну уи къалэнщ. ЯлъэкIыр ящIэрэ я къару щымысхьу мы Iуэхум хэта дэтхэнэ зыми фIыщIэшхуэ хузощI».
ЩIэныгъэмрэ шыхъуэ IэщIагъэмрэ уакъыфIэкIмэ, зэкъуэтыныгъэ гухэхъуэ къагъэлъэгъуащ япэу къэса Тулащ Муратрэ ар зытеса Лэсчэнрэ япежьа щIалэхэм. Адыгэ ныпыр яIыгърэ щIакIуэхэр ятеубгъуауэ Iуэхум къыхыхьэри, гуфIэгъуэр тIуащIэ ящIащ.
Iуэху дахэ къепхьэжьэныр зы лIыгъэщи, абы екIурэ ещхьу ухэтыфыныр етIуанэщ. А тIуми къакIэрыхуркъым ехъулIэныгъэ къэзыгъэлъагъуэм и гуфIэгъуэр дэзыIыгъыфым ейри. Апхуэдэурэщ Хэку зэраухуэр, лъэпкъыр зэрызэкъуагъэувэр, ипэкIэ зэрыкIуатэр.
Чэрим Марианнэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2673.txt"
} |
Тырныауз дэт комбинатыр зэфIагъэувэжынущ
Тырныауз вольфрам-молибден комбинатыр ирагъэжьэжын папщIэ, «ИнфраВЕБ» компанием къыхилъхьэнущ сом мелуан 750-рэ.
Апхуэдэ хъыбар къралъхьащ «ВЭБ.РФ» къэрал зыужьыныгъэ корпорацэм и сайтым.
«ИнфраВЭБ» финанс компанием зэгурыIуэныгъэ ярищIылIащ Iуащхьэмахуэ бгы рудник комбинатымрэ Невинномысск гидрометаллург заводымрэ.
Иджырей пщалъэм изагъэу технологиещIэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэм щаухуэну бгы-металлург кластерым текIуэдэну мылъкур «ИнфраВЭБ»-м мащIэ-мащIэурэ Невинномысск и гидрометаллургымрэ Iуащхьэмахуэ бгы рудник комбинатымрэ къахуиутIыпщынущ.
Проектым хохьэ Тырныауз къалэм дэт, Урысейм и вольфрам молибден къыщIэхыпIэ нэхъ ин дыдэр ирагъэжьэжыныр, Невинномысск къалэм вольфрамымрэ, молибденымрэ щелэжьын папщIэ зыхуейнухэмкIэ къызэгъэпэщыныр.
А проектым и фIыгъэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщызэрагъэпэщыжынущ рудник къыщIэхыпIэхэр щIыуэпсым езэгъ ухуэныгъэщIэхэми елэжьынущ. ЛэжьапIэ IэнатIэкIэ абы къызэригъэпэщынущ цIыху 700-м нэблагъэ.
Вольфрамымрэ молибденымрэ гъуэтыгъуей гъущIхэкI лIэужьыгъуэхэм щыщщ. Ар къыщагъэсэбэп металлургием, машинэ, кхъухьлъатэ ухуэныгъэхэм, щIыдагъэм елэжьыным, зыхъумэжыныгъэмкIэ промышленностхэм. Вольфрам къыщIэхыпIэр зэфIэгъэувэжыным мыхьэнэшхуэ иIэщ а гъущI лъэпкъыгъуэр хэлъу урысейм хамэ къэрал къыщищэхухэр гъэмэщIэнымкIэ,
Iуащхьэмахуэ бгы руда компанием и унафэщI Ушаков Игорь къызэрыхигъэщащи, IуэхущIапIэр ирагъажьэмэ, промышленнэ предприятэ ин Къэбэрдей-Балъкъэрым имызакъуэу, Кавказ ищхъэрэми къыщызэрагъэпэщыфынущ. «Мы проектыр щыдубзыхум къалэн нэхъыщхьэу дэ зыхуэдгъэувыжахэм ящыщщ щIыуэпсым, езы предприятэм щылэжьэнухэм я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыныр», - къыхигъэщащ Ушаков Игорь.
НафIэдз Мухьэмэд.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2674.txt"
} |
Анадолэ адыгэм и псалъалъэ
Узун-Яйлэ адыгэхэм я дауэдапщэ – джэгу псалъалъэм щыщ
Тыркум ис адыгэхэм я зы хэгъэгу – Узун-Яйлэ (Къайсэр) – и адыгэ дунейм зэ дыхэвгъэплъэж. А дунейр макIуэ, «нэхъыжь кIуэжахэм» я гъуэгу теувауэ, ауэ а дунейр псэущ, и бзэ телъыджэр зыIурылъ нанэ-дадэ Iумахуэхэр диIэжыху. Фи пащхьэ илъ тхыгъэр зи фIыщIэри зи фэеплъри ахэращ – Узун-Яйлэм и нэхъыжь губзыгъэхэу мы хэгъэгу псалъалъэ пычыгъуэр налъэ-налъэу дэзыгъэтхыжахэм. Хэкурыс адыгэхэм фэ фи псыхъуэ щызекIуэ, е щызекIуа псалъэжь фыхуэзэмэ, ар иджыри зэ щыхьэт техъуэнщ IуэрыIуатэр адыгэ лъэпкъым и шхэпсу зэрыщытым.
Ахъшэ зэхэдзэ – нысашэ кIуэнухэр ежьэн ипэ, хьэщIэщым исхэм нысэ къэзыша унагъуэм ахъшэ хузэхадзэ. Хабзэм къыдекIуэкIыу «Тхьэмадэм нэхъыбэ птыныр емыкIус» жаIэ.
Джэгукъутэж – нэхущ уджыр («Тхьэшхуэ уджи» жаIэ) яуха нэужь, нэхъыжьым пшынауэм пшынэр къыIрихырти, ар иIыгъыу утыкум къихьэрт, джэгум хэта, ар зыгъэдэха щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ яхуэхъуахъуэрт, пшынауэм фIыщIэ хуищIырти, абыкIэ джэгур яухырт, «якъутэжырт».
Джэгу таршын (узун-яйлэ хьэтыкъуейхэмрэ абы ягъунэгъуу щыс къэбэрдейхэмрэ хьэтх′акIуэ жаIэ) – джэгур зезыгъакIуэ, къэфэнухэр хабзэм тету къыдэзыш, джэгуакIуэ-хьэтыякIуэ. Таршын псалъэр урыс ‘старшина’-м къытекIагъэнущ (вариантхэмкIэ: истаршын, истрашын, ташын).
Гуащэкъыдэш (Жанкъыдэш, Ботэщхэ я Жанкъыдэш, Мэртазэхэ я гуащэкъыдэш) – пщым и пхъур (жаныр) къыдашу къызэрагъафэу щыта хабзэмрэ абы и пшыналъэмрэ.
Гущхьэ – гуфэм телъ гущхьэтепхъуэм традэж щэкI плъыжь кIапэ, и лъабжьэм хужь щIэбзауэ, хуэплIимэ кIыхьу, и бгъуитIымкIэ нэхъ псыгъуэу тыкъыритI пыдэжауэ (и кIыхьагъыр сантиметр 70-100 хуэдиз мэхъу). НысащIэр зи пхъум къыщIахыу традэн хуейт. Нэсыжыху гущхьэхъумэ шухэр къыбгъурыту яшэт. Гущхьэм къекIуэу ар трачрэ ирахьэжьэну яужь итт хамэ къуажэ шухэр. Ахэр ягъэфIын папщIэ нысашэ гупым хэт хъыджэбзхэм тын цIыкIуфIэкIу здырахьэжьэт: щIопщ дахэ, бэлътоку, чысэ хэдыкIа, н.
Уи нысэ и гущхьэм «къеIэныр», ар пфIахьыныр узыфIэмыкIыжыну щхьэкIуэт, ар езыхьэжьам кIэлъысу яукIынри хэлът. Ауэ гущхьэр тезычахэм ар я къуажэ нахьэсыфамэ, зэфIэкIат. КъэщэхужыпIи сыти иIэтэкъым, лIыжь гуп лIыкIуэ ящIу лIыжь унафэкIэ (лIыфIIуэхукIэ) къамыхьыжмэ. Абы къыхэкIыу гущхьэр зымыхъумэфа шу гупыр Iейуэ емыкIу, ауан къащIырт.
Гущхьэр течауэ («гуфэпцIанэу») къуажэм удыхьэжыным нэхъ укIытэгъуэ щыIэтэкъым. Нэхъыжьхэм я зы псалъэкIэ жыпIэмэ, «гущхьэр нысэм и нэмысщ, и пшэкIухьщ». Гущхьэм хуэбгъадэ хъуну нобэ къокIуэ нысашэ машынэхэм трапхъуэ щэкIыр. ИгъэзащIэ дауэдапщэ къалэнымкIэ гущхьэр бгъэдэтщ нысашэ бэракъ плъыжьым.
Гущхьэхъумэ – гущхьэр ихъумэу нысэр зэрыс гуимэм бгъурыт шу гуп. Гулъэмыжкъутэ – унэишэм деж уэредадэр жызыIэ щIалэ гупым лъэбакъуэ зыбжанэ яча нэужь «Гулъэмыжыр къутас!» жаIэти, пIалъэкIэ зэщIэувыIыкIт. Абдеж джэгур зи джэгу унагъуэм Iэнэ, е нэгъуэщI зыгуэр уэредадэм и егъэжьэжыпщIэ хуэдэу къахьын хуейт.
Псалъэм папщIэ, щауэм и адэшыпхъухэр къагъафэти («къагъэшэшэнти»), къызэрыфам папщIэ тазыр тралъхьэжт. Нысашэ уэредадэр жызыIа щIалэхэм яужькIэ зэхэс ящIыжти ахэр зэдыраф-зэдашхыжт.
Жанкъыдэш – Гуащэкъыдэш. Жэназы Iэ Iэт (Iэ сэмэгу Iэт) – нэщхъеягъуэм епха дауэдапщэм щыщ хабзэщ. ЛIэныгъэ зиIэм гузэвакIуэ къахуэкIуа гупым зылI нэхъыжь къыхокIри, хуэмурэ и лъакъуэ сэмэгумкIэ лъэбакъуищ къеч. Зыхуэщыгъуэхэм я деж и гупэр гъэзауэ и Iэ сэмэгур хуэмурэ къеIэт. Iэ IэтыкIэм къеIуатэ хьэдэм и уэндэгъуагъыр (псэуху иIа пщIэр): Iэ тхьэмпэр жьэгъум нэс зыхуаIэтыр унэ хьэдэщ, нэзэрыхъэм нэсу иIэтмэ – къуажэ хьэдэщ, щхьэщыгум хуэфIу дриIэтеймэ – жылэ хьэдэщ.
Иныкъуэм зэраIуатэмкIэ, мыр цIыхур лъэпкъ-лIакъуэкIэ зэхэгъэжыным (пщыгъэ-уэркъыгъэм) епхащ. Адрейхэм зэрыжаIэмкIэ, лъэпкъ-къупщхьэ емылъытауэ дунейм ехыжам и псэукIам, хабзэрэ цIыхугъэу хэлъам, цIэрыIуэу зэрыщытам елъытащ. Нэхъ тэрэзу жыпIэмэ, иужьрей зэманым (феодал системэм и кризис къежьэгъуэм, ар блэкIа нэужь) еплъыкIитIри хабзэм зэдыхэлъащ.
Зэрызафэ – Махъсымафэ. Нысэм щхьэрыпхъуа щэкI пIащIэр («шейтIан фэкъур») техын хабзэр. Нысашэ хабзэхэм щытепсэлъыхькIэ, абазэпхъу – къэбэрдей нысэхэм я бзэм къыхохуэ. Хэкурыс адыгэхэм яIэ «хъытех» хабзэмрэ псалъэмрэ хуэдэщ.
КъуажэщIалэхьэкъ (къуажэщIалэIыхьэ, къуажэщIалэпарэ) – нысашэ гупым къыздахь дауэдапщэ ерыскъы, фадэ, ахъшэ сытхэр, къуажэ щIалэгъуалэхэм хуагуэшын папщIэ здырахьэжьэр. Сыт щыгъуи яфIэмащIэ хъурти, абы джэгу, зэныкъуэкъу, зэдауэ кърагъэкI хабзэт.
Къыдэдз (къыдэху, къыдэх′) – цIыхур Iуву, къэфэгъуэ чэзур къалъымысу джэгу таршыным къыдимыш щыхъукIэ, и ныбжьэгъур е и хьэщIэр бысымым къигъэфэну къыдидзт.
МастэхэIу – гущхьэр тезыдэ хъыджэбз хьэщIэхэм джэгуурэ мастэ хаIурт.
Пащты (Мыжей) Мадинэ, филологие щIэныгъэхэм я кандидат.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2675.txt"
} |
Дзэзешэ Iэзэ, тхыдэтх Жэрыщты Исмэхьил
Нобэ тхыдэм и напэкIуэцIхэм ди нэгу къыщIагъэхьэж дзэзешэ цIэрыIуэ, генерал Бэркъукъу Исмэхьил (1889 - 1954) хамэ щIыналъэм къыщыхъуа, щIэныгъэрэ IэщIагъэрэ щызэригъэгъуэта хэку етIуанэм и щIыхуэ зытемына адыгэ хэхэс лIыщхьэхэм язщ. Исмэхьил и адэ Алий къызыхэкIар Жэрыщтыхэщ. ЗэкъуэшиплIым щыщу тIур – Исуфрэ Алийрэ 1877 гъэм адэм я гъусэу Тыркум Iэпхъуэри, Инусрэ Уэсмэнрэ хэкум къинауэ щытащ.
ЗЫЩIЭХЭМ зэрыжаIэмкIэ, балъкъэр таубий Урысбий Исмэхьил и атэлыкъыу щытар Жэрыщты Алийщ. Езыр урыс армэм и штабс-капитан цIэр зыхуагъэфэща дзэлIт. Хамэ щIыпIэм къыщыхута нэужь, Жэрыщтыхэ я лъэпкъым и унэцIэр зезыхьэ къуажэ ЖэрыщтейкIэ (Яглыпынар) еджэу Пынарбаш жылэм и Iэгъуэблагъэм щаухуауэ щытащ.
ПэщIэдзэ щIэныгъэр зэригъэгъуэта нэужь, Исмэхьил курыт еджапIэр Истамбыл къыщиухри, 1907 гъэм Уэсмэн пащтыхьыгъуэм и дзэлIхэр щагъэхьэзыр еджапIэм щIэтIысхьащ, 1908 гъэм ар лейтенант нэхъыщхьэщ, илъэситI нэужьым капитан хъуауэ еджапIэм къыщIэкIащ.
Япэ дунейпсо зауэр щыщIидзам, Бэркъукъу Исмэхьил Македонием щыIэт. ИужькIэ Кавказми, КъуэкIыпIэ гъунэгъуми, псалъэм папщIэ, Иракым къыщыхъуа зэрыхьзэрийхэм хэпщIауэ щытащ. Япэ дунейпсо зауэм Исмэхьил и къуэшхэу Ахьмэдрэ Мыхьмудри хэтащ, ахэр Чанаккале деж я псэхэр щатащ.
Урысейм Мазае революцэ жыхуаIэр къыщыхъея нэужь, Бгырыс республикэхэр Кавказ Ищхъэрэр хэгъэгу щхьэхуэ ящIыну иужь ихьахэт. Ар я мураду, I9I8 гъэм мэкъуэуэгъуэм и 8-м Уэсмэн империемрэ зи тетыгъуэр утыку къихьагъащIэ Бгырыс республикэмрэ зэгурыIуэныгъэ зэращIылIэри, тыркухэм Бэркъукъу Исмэхьил я пашэу зауэлI 652-м нэблагъэ зыхэт дзэ Дагъыстэным къагъэкIуат, РеспубликэщIэм зыщIагъэкъуэну. Я дзэр бгырыс щIалэхэмкIэ ирырагъэкъуу, муслъымэныдзэ зэрагъэпэщынырт абыхэм я плъапIэр. А гупым я щIэгъэкъуэну иджыри Исуф Иззет-пэщэ и нэIэ щIэт 15-нэ лъэсыдзэр а илъэс дыдэм и жэпуэгъуэ мазэм къаутIыпщри, абы псынщIэ дыдэу Баку, Дербент, Мэхъэчкъалэ зыIэригъэхьат. Ауэ Iуэхур нэхъ гуащIэ хъууэ, Бгырыс республикэм и хъуэпсапIэхэр къыщемыхъулIэм, Бэркъукъу Исмэхьил 1920 гъэм Истамбыл игъэзэжащ. ИужькIэ ар Кемаль Мустафа (Ататюрк) и лъэныкъуэр иIыгъыу Тыркум щекIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэм хэпщIа хъуащ.
1946 гъэм пщIондэ дзэ къулыкъум пэрытащ Бэркъукъу Исмэхьил. Абы и Iэдакъэм Кавказым теухуа тхыгъэхэр, тхылъхэр къыщIэкIащ. Абыхэм ящыщу нэхъ цIэрыIуэр I958 гъэм дунейм къытехьа «Кавказым и тхыдэрщ» («Tarihte Kafkasya»).
Къулыкъухэм къыхэкIыжу тIысыжа нэужь, генерал хъыжьэ, тхыдэтх Бэркъукъу Исмэхьил Тыркум и Лъэпкъ Хасэшхуэм езыр зыщыщ Къайсэр къыбгъэдэкI лIыкIуэу хахри, плIэнейрэ Меджлисым и депутату щытащ. 1954 гъэм накъыгъэм и 11-м Лондон операцэ щащIа къудейуэ, Бэркъукъу Исмэхьил дунейм ехыжри, Анкара щыщIалъхьащ.
АдыгэлI щыпкъэм къуитIрэ зыпхъурэ и ужь къиувахэщ: Жанбэт, Жэбагъы, Жансэт.
Тырку тхакIуэу ялъытэ Бэркъукъу Жансэт (Berkuk Janset Shami) зэрытхэр инджылызыбзэщ. Абы Анкара литературнэ институт къыщиухри, и щIэныгъэм Лондон щыпищащ. Унагъуэ ихьа нэужь, Иорданиер псэупIэ зыхуэхъуа Жансэт и тхылъхэр 1995 гъэ лъандэрэ США-мрэ Инджылызымрэ къыщыдокI. ЗэрытхакIуэм нэмыщI, ар икIи сурэтыщIщ, къинэмыщIауэ адыгэ лъэпкъ теплъэ зиIэ гуащэ гъэщIэгъуэнхэр ещI.
ЦIэрыIуагъкIэ и адэшхуэмрэ и анэмрэ къакIэрыхуркъым Жансэт ипхъу Щхьэлахъуэ Сэтэней. Ар пщIэ зиIэ антропологхэм ящыщщ, адрей лъэпкъхэм къадэкIуэу, адыгэхэми ятеухуа къэхутэныгъэхэм йолэжь.
ЧЭРИМ Марианнэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2676.txt"
} |
Хъыршыным и махуэр ягъэлъапIэ
Фестиваль
Мы гъэм япэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щагъэлъэпIащ лъэпкъ шхыныгъуэ IэфIым - хъыршыным - и махуэр. Ди республикэм нэхъыбэрэ щапщэфI ерыскъыщ жыпIэмэ, ущыуэнукъым балъкъэр хъыршыныр. Адыгэ, осетин, балъкъэр дэлэнхэм я пщэфIыкIэр мащIэу зэщхьэщыкIми, я IэфIагъкIэ зэхуэдэщ.
Хъыршыным нобэ ущрохьэлIэ сыт хуэдэ лъэпкъым щыщ унагъуэхэми, шхапIэ къызэрыгуэкIхэми, ресторан ехьэжьахэми. Ар и закъуэу пшхынуи гурыхьщ, шэ, шху шатэ хуэдэхэри докIу.
Шэджэм псыкъелъэ цIыкIухэм я Iэгъуэблагъэм пщэдджыжьым цIыхубэр щызэхуэсащ. Республикэм щыпсэухэри, нэгъуэщI хэгъэгухэм къикIа хьэщIэхэри а щIыпIэ дахэм щызэхуишэсат ерыскъы IэфIым.
КъызэрыгуэкI хъыршыным далъхьэ хабзэр кIэртIоф пIытIарэ кхъуеймрэщ, ауэ махуэшхуэм ар ерыскъы лIэужьыгъуэ куэдкIэ ягъэIэфIащ. А махуэм хъыршын зы минрэ ныкъуэрэ ягъэжьащ пщафIэ IэкIуэлъакIуэ 20-м. ТебэкIэ ягъажьэм нэмыщI, абы папщIэ зэщIагъэплъа жьэгум хъыршыныр щырыщ-плIырыплIу пэрадзэрти, зы дакъикъэм хьэзыр хъурт. Абы еплъыну хуейхэр нэхъыбэжти, цIыкIуи-ини я IутIыжт. Балигъхэм нэмыщI, сабийхэри хэтащ Iуэхум, абыхэми хъыршын зэращIым зэрагъэсащ, уеблэмэ, нэхъ псынщIэу, хъурей дахэу зыщIыфымкIи зэпеуащ.
Хъыршыныр зыгъажьэ бзылъхугъэхэм щхьэкъэIэт ямыIэу, дыгъэм палъыт дэлэныр къыщIрагъэдзырт. КIэртIоф къэпиблрэ кхъуей килограмм 60-рэ зыдэлъ хъыршын ягъэжьащ а махуэм. Къапщтэмэ абы хъыршын лIэужьыгъуэу 15 щащIащ.
Мыр зы лъэпкъ шхыныгъуэу къэнэжыркъым, ар хуабжьу Кавказым фIыуэ щалъэгъуащ, уеблэмэ, пщэдджыжьми, шэджагъуэми, пщыхьэщхьэми щахуэшхынущ. Балъкъэрхэм хъыршыныр дыгъэм, мамырыгъэм, хэхъуэм и нэщэнэу къалъытэ. Зы балъкъэр унагъуи щыIэу къыщIэкIынкъым, хьэжыгъэ, кIэртIоф, кхъуей зи унэ щIэмылъ, хъыршын зыгъэжьэным хуэмыхьэзыр унэгуащи яхэткъым.
Фестивалым кърихьэлIахэм къыхагъэщащ а ерыскъыр фIыуэ зэралъагъур, Кавказым и гугъу щащIкIэ, ар ягу къызэрыкIыр. КъищынэмыщIауэ, апхуэдэ фестивалхэм цIыхухэм гукъыдэж къазэрыритыр, зэрызригъэгъэпсэхур, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм къыхэкIахэр зэрызэригъэцIыхур, нэхъ гъунэгъу зэрызэхуищIыр къыхагъэщащ, апхуэдэуи, лъэпкъхэм я щхьэхуэныгъэхэм теухуа махуэшхуэхэр нэхъыбэрэ зэхашэмэ, зэран зэрымыхъунур ягъэбелджылащ къекIуэлIахэм.
Фестивалыр ягъэдэхащ къэфакIуэ, уэрэджыIакIуэ ныбжьыщIэхэм. Апхуэдэуи щIыпIэм щегъэувэкIа шатырхэм лъэпкъ IэпщIэлъэпщIагъэр щагъэлъэгъуащ, нэхъ пасэм къагъэсэбэпу щыта хьэпшыпхэр щрагъэувэкIащ.
НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2677.txt"
} |
ЩIыналъэхэм я чемпионхэр
Ипщэ, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэхэм футбол академиехэмрэ спорт школхэмрэ я ныбжьыщIэ командэхэм я зэхьэзэхуэр иухащ. Ди республикэм щыщу Урысейпсо зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэм хэтащ Iэпщэ Александр и цIэр зезыхьэ олимп резервым и школ хэхар, «Спартак-Налшык» ПФК-р, «Школа №3I-ФШ «Налшык» командэр.
Мы гъэм гуп нэхъыщхьэм и командэхэм яхэту саугъэтхэм щIэбэнащ щIыналъэхэм я футбол академиехэр, олимп резервым и училищэхэр, футбол школхэр. КIэух зэIущIэхэм хэхуэн папщIэ зыхэт гупым япэ увыпIэр къыщахьыу итIанэ Ипщэ федеральнэ щIыналъэм щытекIуам дэджэгун хуейт. Абыхэм яхэтащ Ростов областымрэ Краснодар краймрэ я командэ лъэщхэр.
Япэ Iыхьэм КИФЩI-м и командэ II-м щызэпэщIэтащ, «хэгъэрейхэри» «хьэщIэхэри» пхъэидзэкIэ къыхахри. Дэтхэнэ зы гупми зэIущIэ пщIырыпщI ирагъэкIуэкIащ. Зэхьэзэхуэм я джэгукIэр щагъэувыфакъым гупым иужьрей увыпIэр къыщызыхьа «Iэпщэм и цIэр зезыхьэ СШОР»-м. Турнир таблицэм и кум къыщыувыIащ «Спартак-Налшык» ПФК-р. Пашэныгъэр иубыдащ «Школа №3I-ФШ «Налшык» командэм.
Япэ къекIуэкIыгъуэм иужькIэ I-4-нэ увыпIэр гупым къыщызыхьахэр езыр-езыру иджыри зэпеуэ ирагъэкIуэкIыжащ. Очко бжыгъэхэм абыи пашэныгъэр щиубдащ икIи КИФЩI-м и чемпион хъуащ «Школа №3I-ФШ «Налшык» гупыр. Ди щIалэхэм къызэранэкIащ Каспийск и «УОР-Дагъыстэн»-р, Владикавказ и «Алания»-р, Грознэ къалэ футболымкIэ и «Рамзан» академиер.
Иджы Урысей Федерацэм и чемпионатым и финал зэхьэзэхуэхэм хэтын папщIэ ди щIалэхэр текIуэн хуейт Ипщэ федеральнэ щIыналъэм пашэныгъэр щызыубыда Краснодар крайм футболымкIэ и академием. ЗэIущIэр ЕсэнтIыгу къалэм щекIуэкIащ. Япэ дакъикъэхэм щегъэжьауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм бжьыпэр иубыдащ, арщхьэкIэ топ дагъэкIыным хунэсакъым. Контратакэхэм ящыщ зым Краснодар и футболистхэм къыщалэжьа штрафном ехъуэлIэныгъэ къахуихьащ икIи хьэрхуэрэгъухэм бжыгъэр къызэIуахащ.
Япэ Iыхьэм иужькIэ ди командэм и тренерхэу ГъуэплъащIэ Аслъэнрэ Лобжанидзе Гиерэ ирагъэкIуэкIэ зэхъуэкIыныгъэхэм я фIыгъэкIэ етIуанэ Iыхьэм налшыкдэсхэм щIакъузэжащ. Куэд дэмыкIыу бжыгъэр зэхуэдэ ищIыжащ ХьэшкIул Астемыр. ПсынщIэ дыдэу, къыкIэлъыкIуэ ебгъэрыкIуэныгъэм хэту топыр къызыIэрыхьа «Школа №3I-ФШ «Налшык»-м и гъуащхьэхъумэ Хэжь Астемыр щхьэкIэ еуэри ди щIалэхэр япэ иригъэщащ. ЗэIущIэм и зэман нэхъыщхьэм судьям къыщIигъуа дакъикъиплIым я иужьрейм краснодардэсхэм бжыгъэр 2:2-м хуагъэкIуэжащ.
ТекIуар щызэхэкIынур пенальтихэрат. Краснодар и командэр япэу зэуа топым ди гъуащхьэтет Тхьэгъэзит Хьэзрэт къригъэгъэзащ. Абы гушхуэныгъэ къызыхилъхьа налшыкдэсэр 4:2-уэ я хьэрхуэрэгъухэм ефIэкIри Ипщэ, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэхэм я чемпион хъуащ. Иджы ахэр хэтынущ къэралым и командэ нэхъыфI I2-м я урысейпсо зэхьэзэхуэм и финал зэIущIэхэу 2022 гъэм и гъэмахуэм екIуэкIынум.
Ди ныбжьыщIэхэм я текIуэныгъэ иным гугъэ уегъэщI республикэм футболымкIэ къэкIуэн дахэ зэриIэм. Футболист щIалэщIэхэр щагъасэ ЦIагъуэ Нурий и цIэр зезыхьэ школ № 3I-мрэ (унафэщIыр Егъуэжь Анзорщ) Олимп резервым и спорт школымрэ (унафэщIыр Хьэмгъуокъу Муратщ).
Къэхъун Бэч.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2678.txt"
} |
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и транспорт системэм зегъэужьын» къэрал программэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
202I гъэм жэпуэгъуэм и 5-м
Налшык къалэ №I97-ПП
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и транспорт системэм зегъэужьын» къэрал программэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2020 гъэм шыщхьэуIум и I7-м къищта унафэ №I79-ПП-м, мыбы дэщIыгъу зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэныр къэщтэн.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2020 гъэм дыгъэгъазэм и 28-м къыдигъэкIа унафэ №310-ПП-м къару имыIэжу къэлъытэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
2021 гъэм жэпуэгъуэм и 5-м
Налшык къалэ №I98-ПП
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
Къару имыIэжу къэлъытэн «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Iэщ лъэпкъыфI къэгъэхъунымкIэ IэнатIэм къэрал кIэлъыплъыныгъэ къыщызэгъэпэщынымрэ щегъэкIуэкIынымрэ и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2020 гъэм дыгъэгъазэм и 28-м къыдигъэкIа унафэ №3I0-ПП-м («Официальная Кабардино-Балкария», 2021 гъэ, №I).
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2679.txt"
} |
Отставкэм щыIэ судыщIэ Хьэгъэс Верэ Iумэтджэрий и пхъур Аруан суд районым и суд участкэ №3-м зэзыгъэкIуж и судыщIэм и къалэнхэр игъэзэщIэну къешэлIэным и IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ
«Урысей Федерацэм и судыщIэхэм я статусым теухуауэ» Урысей Федерацэм и Законым и 7-нэ статьям тету Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:
1. Отставкэм щыIэ судыщIэ Хьэгъэс Верэ Iумэтджэрий и пхъур Аруан суд районым и суд участкэ №3-м зэзыгъэкIуж и судыщIэм и къалэнхэр зы илъэсым нэскIэ игъэзэщIэну къешэлIэн.
2. Мы Унафэм къару егъуэт къыщащта махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ
Налшык къалэ
2019 гъэм щIышылэм и 31-м
№1008-П-П
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и депутат Шондыр Олег Лиуан и къуэм и полномочиехэр нэхъ пасэу щхьэщыхыным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и депутатым и статусым и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 4-нэ статьям и Iыхьэ 1-м и пункт 1-м тету Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:
1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и депутат Шондыр Олег Лиуан и къуэм, «Урысей зэкъуэт» урысейпсо политикэ партым и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм къыбгъэдэкIыу республикэ хэхыпIэ округ зэгуэтым щыхахам, и полномочиехэр нэхъ пасэу къэгъэувыIауэ къэлъытэн.
2. Мы Унафэм къару егъуэт къыщащта махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ
Налшык къалэ
2019 гъэм щIышылэм и 31-м
№1009-П-П
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "268.txt"
} |
УнагъуэцIэхэм къахэна лъэужьхэр
Сыт хуэдэ лъэпкъми къызэщIиубыдэ унагъуэцIэхэм я нэхъыбэм къахощ ахэр зезыхьэ цIыхухэр нэхъапэIуэкIэ зэлэжьу, зыщыщу, дэзыхьэхыу щытахэм я лъэужьхэр. Адыгэхэми мымащIэу къытхэтщ къызытекIар апхуэдэу нэрылъагъуу къозыгъащIэ унэцIэхэр. Гурыгъуазэу сызыхэплъа унэцIэ мащIэм къахэзгъуэтащ зи гугъу сщIыхэм хуэди, «Адыгэ псалъэм» и щIэджыкIакIуэхэм садогуашэ. Хэт ищIэрэ, зыгуэрхэр си тхыгъэм къыпэджэжынкIи хъунщ.
1. ЛъэпкъыцIэхэм къатехъукIа унэцIэхэр:
Абазэ, Алътуд, Балъкъэр, Беслъэн, Журт, Къэзан, Урыс, Урысбий, Къалмыкъ, Къумыкъу, Кърым, Къущхьэ, Къущхьэбий, Къэрэшей, Шэрджэс, Тэтэр, Нэгъуей, Шэшэн.
2. ХьэкIэкхъуэкIэхэм я цIэхэм къатехъукIахэр:
Аслъэн, Къаплъэн, Дыгъужь, Бажэ, Аслъэныкъуэ.
3. Iэщхэм я цIэхэм къатехъукIахэр:
Бжэныхъуэ, БжэныкIэ, Былымгъуэт, Выкхъэ, Вындыжь, Жэмбэч, Жэмыкуэ, Жэмыхъуэ, КхъуэIуфэ, Кхъуэтепыхьэ, Кхъуэн, Мэлыхъуэ, Мэлыхъуэжь, Танэ, Тэнащ, Шумахуэ, ШкIахъуэ, Шыбзыхъуэ, ШыкIэбахъуэ, Шыд, Шыгунэ, Шыгъушэ, Шыкуэ, Шыпш, Шыхъуэ, Щынахъуэ.
4. Къуалэбзухэм, джэдкъазым, бжьэм, блэм я цIэхэм къатехъукIахэр:
Акъ, Акъсырэ, Бадзэ, Бгъэжьнокъуэ, Бжьахъуэ, Бжьэдыгъу, Блэныхь, Джэдгъэф, Джэдгъавэ, Джэдмышх, Гуэгуш, Гъудэ, Къазий, Къашыргъэ, Къэзанокъуэ.
5. «Хьэ» псалъэм къытехъукIахэр:
ХьэхъупащIэ, Хьэвжокъуэ, Хьэбэч, Хьэбэчыр, Хьэбылэ, ХьэбытIэ, ХьэбытIэжь, Хьэдыгъу, Хьэдзыгъу, Хьэгъэжей, Хьэгъундокъуэ, Хьэгъур, Хьэжей, Хьэжмэт, Хьэжкъасым, Хьэжнэгъуей, Хьэжпагуэ, Хьэжыкъарэ, Хьэкъул, Хьэкъун, ХьэкIуащэ, Хьэмдэхъу, Хьэмгъуокъу, Хьэмжу, ХьэмыкIу, Хьэпэ, Хьэтыкъуей, Хьэтэжьыкъуэ, ХьэфIыцIэ, ХьэпащIэ, Хьэсанэ, Хьэту,Хьэх, Хьэшкъул, Хьэщхъуэжь, Хьэщыкъуей, ХьэщIэлI, ХьэщIэмахуэ, ХьэцIыкIу, ХьэIупэ, ХьэIупщ.
6. Бгыхэм, къуршхэм я цIэхэм къатехъукIахэр:
Бешто, Мэшыкъуэ, Казбек, Iуащхьэмахуэ.
7. «КIыщ», «гъукIэ» псалъэхэм къатехъукIахэр:
ГъукIэлI, ГъукIэжь, ГъукIэ, ГъукIэмыхъу, КIыщмахуэ, КIыщыкъуэ, Гъут.
8. МахуэцIэхэм къатекIахэр:
Гъубж, Гъубжокъуэ, Къумахуэ, Махуэ, Мэрем, Мэремыкъуэ, Мэремкъул, Щомахуэ.
9. «Нарт» псалъэм къатехъукIахэр:
Нартан, Нарткъалэ, Нартщауэ, Нартбий, Нартокъуэ, НартылI.
10. «Пщы» псалъэм къатехъукIахэр:
Пщымахуэ, ПщыхуэфI, ПщыхьэщIэ, Пщыбыхь, Пщынокъуэ, Пщыбий, ПщыукI.
11. Шхыныгъуэхэм я цIэхэм къатехъукIахэр:
Жэмыкуэ, Кыржын, Лыхь, Хьэтыкъ, Мэжаджэхь, Шыгъушэ.
12. «Тхьэ» псалъэм къытехъукIахэр:
ТхьэкIумащIэ, Тхьэкъуахъуэ, Тхьэгъэзит, Тхьэгъэлэдж, Тхьэбысым, Тхьэзэплъ, Тхьэзэплъыж, Тхьэмокъуэ.
13. «Унэ» псалъэм къытехъукIахэр:
Гъэунэ, Теунэ, Унэгъэс, Унэжь, Унэрокъуэ, Унэрыхьэ, УнащIэ.
14. Iэпкълъэпкъым епха псалъэхэм къатехъукIахэр:
Нало, НэщIэпыджэ, ТхьэкIумащIэ, Щхьэгъэпсэу, Щхьэныкъуэ, ЩхьэщэмыщI, Iэрыпщэ.
15. Щыгъыным къытехъукIахэр:
Афэ, АфэщIагъуэ, КIэрэф, КIагуэ.
16. Диным къытехъукIахэр:
Ефэнды, Молэ, Хьэжы.
17. Хым къытехъукIахэр:
Тенджыз.
18. ЛэжьакIуэлIым къытехъукIахэр:
БжьыхьэлI, Жыласэ, Мэкъуауэ.
Щхьэхуэу сыкъытеувыIэну сыхуейщ зи къэпсэлъыкIэри тхыкIэри щхьэусыгъуэ гуэрхэмкIэ зэхъуэкIа хъуа адыгэ унэцIэхэм, цIэхэм. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, Иуан-Иван (урысыбзэкIэ - Юанов, Иванов), ШэкIыхьэщIэ-ШэджыхьэщIэ (урысыбзэкIэ тIури Шекихачев), ШыкIэбахъуэ-Шыхъуэбахъуэ (урысыбзэкIэ – Шикабахов, Шихабахов). АдыгэбзэкIи урысыбзэкIи зи тхыкIэхэр зэтемыхуэ а унагъуэцIэхэм, хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, зы къежьапIэщ, лъэпкъ лъабжьэщ яIэр. КъинэмыщIауэ, адыгэ Лиуанхэм ящыщ куэд Лион хъуащ, Вовэхэмрэ Володэхэмрэ Владимиру къыщIидзащ, Жорэ сымэ Георгийм хуэкIуащ.
Ди жагъуэ зэрыхъущи, апхуэдэурэ захъуэж адыгэ унэцIэхэмрэ цIэхэмрэ.
ПЩЫБИЙ СулътIан.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2680.txt"
} |
УсакIуэм и хъыбарегъащIэ
УсакIуэ гуэрым ныбжьэгъу хьэрычэтыщIэ иIэт. ХьэрычэтыщIэм и Iуэхухэр хъарзынэу кIуатэрт. Нэхъри зригъэубгъун папщIэ нэгъуэщI щIыпIэхэми зэщIылъигъэIэсыну мурад ищIащ. Абы папщIи и унэ лъапсэр ищэу, Iэпхъуэну и гугъэт. Ар усакIуэм елъэIуащ и унэр зэрищэжымкIэ хъыбарегъащIэм, газетым къытридзэн папщIэ, тIэкIу хухэплъэжыну.
УсакIуэм тхылъымпIэ кIапэрэ къэрэндащрэ къищтэри хъыбарегъащIэр итхащ: «Къуажэ гуэрым щащэ гуфIэгъуэмрэ насыпымрэ я кIуапIэу зы унэ лъапсэ мыин дыдэ. ИгъунэмкIэ щежэх псы цIыкIур зэн-зэныпсым хуэдэу къабзэщ. ПщэдджыжькIэрэ жыг баринэхэм я къудамэхэм бзухэр щобзэрабзэри, гуапэу укъагъэуш. Дыгъэ къыщIэкIыгъуэм унэм нур тредзэ, дыгъэр щыкъухьэкIи, псэр зыгъэтынш жьауэ трещIэ. Жыг хадэ цIыкIум хьэуар щыкъабзэщ, пхъэщхьэмыщхьэмрэ удз гъэгъамрэ я мэр хэзщи».
Мазэ бжыгъэ докIри, усакIуэр щIопщIэ ныбжьэгъум и унэр хуэщамэ.
- Уэ птха хъыбарегъащIэм сыкъеджа нэужь, си унэр сщэну си пщIыхьэпIи къыхэхуэжакъым. ЗыкIи схуэхъуэжынукъым си лъапсэ телъыджэр,- къитащ жэуап.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2681.txt"
} |
«Удзыфэхэм» я унафэщI УнащIэ Джем
Хамэ щIыналъэ цIэрыIуэ щыхъуа адыгэхэм язщ Германие къэралыгъуэм и жылагъуэ лэжьакIуэ, «Удзыфэхэм я парт» зэгухьэныгъэм щыпашэ Оздемир (УнащIэ) Джем.
ДЖЕМ и адэ Абдулыхь Къайсэр вилайетым къыщыхъуа къэбэрдей адыгэщ. XX лIэщIыгъуэм и 60 гъэхэм Тыркум иIэпхъукIыу ФРГ-р псэупIэ зыщIахэм ящыщщ абы и адэ-анэр. Езыр къыщыхъуар Германиерщ, нэмыцэбзэкIэ, тыркубзэкIэ, инджылызыбзэкIэ мэпсалъэ. Егъэджэныгъэмрэ журналистикэмрэ хуеджа нэужь, ар и IэщIагъитIми ирилэжьащ, Тыркум икIауэ нэмыцэхэм яхэсхэм ятеухуауэ тхылъ зыбжанэ итхащ.
81 гъэ лъандэрэ УнащIэ Джем «Удзыфэхэм я партым» хэтщ. Бундестагым и депутату щытащ. Европарламентым щылэжьащ. 2008 гъэм Оздемир ягъэуващ «Удзыфэхэм я партым» и унафэщIитIым язу.
Европарламентым зэрыхэтым и гугъу пщIымэ, Джем зэпха Комитетым и къалэныр Азие Курытымрэ Кавказымрэ щекIуэкIхэм кIэлъыплъынырт, а щIыналъэхэм Германиемрэ Тыркумрэ я Iуэху еплъыкIэр щыпхигъэкIынырт. АпщIондэху къулыкъущIэр дуней псом тепхъа адыгэхэм фIыкIэ зэралъэIэсыным хущIэкъуащ.
2007 гъэм УнащIэ Джем хэтащ Адыгейм и щыхьэр Мейкъуапэ къыщызэрагъэпэща щIэныгъэ конференцым. А зэIущIэм Джем и адэ Абдулыхь и гъусэу къэкIуауэ щытащ. Утыку псалъэ къыщратым, абы жиIащ:
«Сэ Германием сыкъыщалъхуащ, нэмыцэ лъэпкъым срилIыкIуэщ. Ауэ си къэхъугъэкIэ сыадыгэщ, мыбдежым Тыркум къыщалъхуа си адэр щысщ. Си адэм и адэшхуэм и адэр Кавказым щыщщ. Срогушхуэ Германиемрэ Тыркумрэ сызэралIыкIуэм нэмыщI, Адыгейм сызэрыщыщми».
2016 гъэм Германиер щыхьэт техъуащ Тыркум ермэлыхэм лъэпкъгъэкIуэд ярищIылIауэ зэрыщытам. Бундестагым и депутат, «Удзыфэхэм я партым» и унафэщIитIым яз УнащIэ Джем а унафэр пхыкIыным хэлIыфIыхьахэм язщ.
«Зи анэр тырку, зи адэр Кавказым и щхьэр ихъумэу къикIа лIым срикъуэу сызэрыщытым къыхэкIыу, лей зытехьа, я хэкум зэтраукIэурэ кърахуа, Анадолэм зэбгъэдэсыпэу щыпсэуа дэтхэнэ лъэпкъым щыщхэми сигу ящIоуз сэ, ермэлыхэри абыхэм язщ, - жиIащ абы щыгъуэм Джем. – Абы щхьэкIэ цIыхуу ущытыным нэхърэ нэхъыбэ ухуейкъым».
Чэрим Марианнэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2682.txt"
} |
«Гу лъыдмытэжурэ, ди гъащIэр Ди сабий щхьэцхэм уэшхыу пыжт»…
ХъэтI щIэщыгъуэ зиIэ усакIуэм къегъэщI дуней гурыхь. Къуныжь ХьэIишэт и дэтхэнэ усэми дунеишхуэм и плIанэпэ зэрызыххэм къыдиха хъуаскIэ хэлъу къыпфIощI. Уафэри, щIылъэри, мэзри, псыежэхри, гъэм и теплъэгъуэхэри - псоми ятелъу уолъагъу усэбзэм и Iуданэ зэмыфэгъукIэ хэдыкIа тхыпхъэхэр. Сыт щипIыр Къуныжьым и усэхэм? Сыт ар зытетхыхьыр? ЩIыуэпсым, адэ-анэм, лъагъуныгъэм, сабиигъуэм, жьыгъэм, усакIуэм и гъащIэм, жэщымрэ махуэмрэ, лъахэм, лъэпкъым, бзэм… Куэдым… куэдым. Усэ къэси хьэл гъэщIэгъуэн иретыф. Хэт нэжэгужэщ, хэт нэщхъейщ, хэт пIейтейщ, хэт сабырщ, хэт IэфIщ, хэт дыджщ, хэт сабиипсэ Iутщ, хэт щIалэгъуэм и нур тредзэ, хэт «дадэ къуапэщ». Псоми зэхуэдэу ящIэлъыр къабзагъэрщ. Аращ усэм псэ хэзылъхьэри, щIэджыкIакIуэм и деж нэзыхьэс дамэ хуэхъури.
Дэнэ атIэ уздахьыр абы и усэхэм ятет дамэхэм?! Яхэтщ уи куэбжэпэм махуэ псокIэ укъыIузыни, хамэщI узыхьи, адэжь лъапсэм ущызыгъэгупсыси, анэбгъэм сабий цIынэу упщIэхэзылъхьэжи, щIымахуэ хадэм лъапцIэу уизыши, гъэмахуэ уэшхым гуапэу ухэзыши. УпщIэ куэди лъэужьу къагъанэ усэхэм, щэху гуэрхэри къатIэщI. Усэ къэс - и чэзущ! ЦIыхур зэрыпсалъэ бзэр зэрытелъыджэр, абы и къарур зэрыабрагъуэр къуеIуэкI Къуныжьым. Усэхэм уоджэри, уи фIэщ мэхъу - адыгэбзэм иIэкъым гъунапкъэ. Абы къызэщIебгъэубыдэфынущ уафэмрэ щIылъэмрэ я зэхуаку дэлъ хъугъуэфIыгъуэ псори.
УсакIуэр лъахэм щытетхыхькIэ, ар уардэу хеIэтыкI! Ар Къэбэрдейм зэрипхъум, Хэкур и хьэуар и Iэпкълъэпкъым зэрыхэгуэшам щегупсыскIэ, гуныкъуэгъуэу иIэу хъуар щхьэщокIуэтыж.
КIэутхыпщIу, схуэгузавэу
Тесщ бзу цIыкIур жызумейм.
Мэлъэлъэж гугъуехьхэр дафэу,
- ИIэщ си псэм Къэбэрдейр. («КIэутхыпщIу, схуэгузавэу»).
«Сыщалъхуа лъахэ» усэм абы уэзджынэу щегъэзу лъахэм и тхыдэм теухуа гупсысэр. ИтIанэ, нэгъуэщI щIыналъэ псоми йогупсысри, езыр щалъхуар зыми зэрыпимыщIынумкIэ, усэри щIегъэбыдэж:
Уи акъужь къабзэм, схуэгуэпэну,
Губгъуэ джэдгыным и мэр хэтщ.
Мы щIы хъурейм уэ пхуэзгъэдэну
НэгъуэщI зы лъахи щызмыгъуэт.
ДауикI, усакIуэм и гурыгъузхэм хэтщ зэгуэр Хэкур зыбгынахэр. Абыхэм «я гуауэм егъэпIыщIэ», «я хьэлъэр хуэIэткъым». Ауэ, ди тхыдэ гуузым и нэпкъыжьэ зытелъ Тенджыз ФIыцIэм щыхэплъэкIэ, абы и толъкъунхэм зыкъаIэту щилъагъукIэ, йогупсыс:
Толъкъунхэр хуэдэщ хуарэм,
Зэдэжэу здожумарт -
Я лъащIэм щIэкIуэдахэм
Къару яIам къаIэт («Тенджыз ФIыцIэм и Iуфэм»).
Уэгури щIылъэри зэлъэщIэзыгъэIэс лъагъуныгъэ лирикэр усакIуэм и IэдакъэшIэкIхэм щыIупщIщ. Лирическэ лIыхъужьыр гухэлъым хуэлейгъэгъущ, абы поплъэ, гурыщIэ жэуапыншэми игу иригъабгъэркъым – дэтхэнэ лъагъуныгъэри лъапIэщ абы и дежкIэ. Абы гурыщIэр егъафIэ псалъэ гуапэхэмкIэ. ФIыуэ илъагъум «гур Iэгум илъу хуехь», и лъагъуныгъэм и сурэтыр «псы къабзэ цIыкIум къощ», «Iущхьэ плъыжьхэм хуаус уэрэд гум имыхуж». Дунейр щIэращIэщ, бзухэм уэрэд жаIэ, лэгъупыкъур мэгуфIэ, уеблэмэ уэшх къыщешхкIи дыгъэ бзийхэр тепыIэркъым. А псом и щхьэусыгъуэр лирическэ лIыхъужьыр телъыджэ гуэрым поплъэри аращ - «Ар укъысхуэзэну арагъэнщ» жеIэ абы .
«Си лъагъуныгъэр езгъэщхьынут» усэм хэт лIыхъужьым и гурыщIэр ирегъапщэ дунейм нэхъ дахэу тетхэм: «уэгу вагъуэм хуэдэ мыIэрысэм», «жьэгум хъуаскIэ къыдэлъэтым», «пщэдджыжьым уафэм къихьэ дыгъэм». Ауэ абыхэм зыгуэр я пIалъэр зэрикIым щегупсыскIэ, и ни и пи къихьыжкъым. «НэгъуэщI ар зэщхь темыт мы щIыгум, Си лъагъуныгъэр ещхьыжщ си гум» жеIэ иужьым. Нэхъ дахэу пхужыIэнкIэ хъунур сыт?!
ЩIыуэпсым и къару лъэщыр къыхощ, дыкъэзыухъуреихь дунейр зэрыбауэр зыхыуагъащIэ «Щихухэр лъагэщи мэпIыщIэ», «Къырым тет жыг», «Мазэр хуэдэщ кхъуейхьэл ныкъуэм», «Бжьыхьэ», «Мазэ из», «КъыIутщ мазэр си щхьэгъубжэм хуарэу», «Нартыхур жьыбгъэм щIегъэхъае», «Бжэр Iух, уэшх макъыр къыщIэгъэхьэ» усэхэм.
Уэшхым сыт щыгъуи и гур хуIэпех усакIуэм. Абы и щапхъэщ «Бжэр Iух, уэшх макъыр къыщIэгъыхьэ» усэр. И макъым щIэдэIун фIэфIщ, къешхыну йолъэIу, къыфIощI уэшх щабэм хэти и губжь зэтригъэуIэфIэжыфыну: «Зэгуэр псэуахэм я псэ Iэлхэр А уэшх макъамэм дощэбэжыр».
Анэм и гумащIагъэр къыщигъэлъэгъуащ «Си анэм и таурыхъхэр жыг баринэщ», «И лъэдий къупщхьэм къыхахыжри», «Насып», «Анэр къыпкIэлъыджэу», «Си анэр схуэгуфIэрт» усэхэми.
Къуныжьым куэдрэ егъэзэжыр сабиигъуэм. Ар щегъафIэ «Таурыхъ», «Зэманыр шыфIу кIуэрт, мыпIащIэу», «Сабий сурэтхэр», «Сабиигъуэ» усэхэм. Сабиигъуэм къимыгъэзэжыну блэкIами, усакIуэм абы куэдрэ къытрегъазэ гукъэкIыжкIэ.
Гу лъыдмытэжурэ, ди гъащIэр
Ди сабий щхьэцхэм уэшхыу пыжт, - жеIэ а зэман дахэр жыжьэ къызэрынар зыхищIэу. Иджы балигъщ. ГъащIэр куэдрэ зэрыткIийр игъэунэхуащ, сабиинэм дахэ фIэкIа имылъагъуу щытамэ, иджы IэфIри дыджри зыхещIэ.
Гугъуэт Заремэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2683.txt"
} |
Анадолэ адыгэм и псалъалъэ
Узун-Яйлэ адыгэхэм я дауэдапщэ – джэгу псалъалъэм щыщ
Махъсымафэ – адыгэ нысашэм и зы махуэм хэхауэ ящIу щыта ефэ-ешхэщ, хьэщIэщ хабзэжьщ. Нысашэм емыпхами, махъсымэ зэращIа къудейм и цIэкIэ адыгэ уэрэдыжьрэ хъыбаркIэ Iэзэ лIыжьхэр зэхуашэсырти махъсымафэ уэрэд жрагъыIэхэрт. Махъсымафэ уэрэдхэр репертуар щхьэхуэщ, адыгэ IуэрыIуатэм и классикэщ, Хэкужьым здырахыжа уэрэдыжь зыбжанэщ: «Дунеижьыр щымыджэмыпцIэм...», «Хьэтх Мыхьэмэт-гъуазэ и уэрэдыр», «Хьэтхым и КъуэкIасэм и уэрэдыр», «Жэщтеуэжьым и уэрэдыр», «Къэбэрдей къаным и уэрэдыр», «Хъымсад-гуащэ и гъыбзэр», «Ажджэриикъуэ Кушыкупщ и гъыбзэр», н.
Махъсымафэм хэс дэтхэнэ зыми зы уэрэд едзыгъуэ жиIэти къыбгъэдэсым «нокIуэ, уэрс!» жриIэти махъсымэбжьэр хуишиирт. Адрейми Iимыхыу «гъуэгуфI!» жиIэт, зэ закъуэ хэфырт, къыIихырти, къыкIэлъыкIуэ едзыгъуэр жиIэрт. «Зэрызафэ», «зы уэрэд едзыгъуэ едзын» жыхуаIэр аращ.
Нысашэ тхьэмадэ – нысашэ ежьэ гупым я нэхъыжь, хабзэр фIыуэ зыщIэ, жьабзэ зыIурылъ лIы цIэрыIуэ. «Нысашэр зыгъэщIэгъуэн тхьэмадэ»: нысашэр щIагъуэ (къекIу, дахэ) зыщIын, хабзэм тету зэфIэзыхыфын.
ПщафIэ – нысашэ гупым ящыщщ, тхьэмадэм и дэIэпыкъуэгъущ. ПщафIэу нэрыбгитI (цIыхухъу пщафIэрэ хъыджэбз пщафIэрэ) яхэтт. ЦIыхухъу пщафIэм и къалэн нэхъыщхьэр тхьэмадэр здэщыс Iэнэм ерыскъыкIэ хуэсакъынырат. Хъыджэбз пщафIэр нысашэ гупым хэт хъыджэбзхэм яхуэсакът, зыхуей хуигъазэт.
Тхъурыжьэ – щэ дагъэкIэ гъэжьа тхьэвхэкI шхын, нысашэ дауэдапщэ ерыскъыхэм ящыщщ.
Тхьэмадэкъуэдзэ – нысашэ тхьэмадэм и дэIэпыкъуэгъу, и къуэдзэ.
Уэрдадэ пашэ – Уэредадэр къыхэзыдзэ, ар жызыIэ гупым я пашэ.
УэрдадэжыIэбжьэ – нысашэ уэредадэр жызыIа щIалэ гупым хуагъэфащэ фадэбжьэ.
Фошыгъу хьэлыгъуанэ – хъыринэ щыщIащIэкIэ ягъэхьэзыр дауэдапщэ шхыныгъуэ IэфI: фошыгъур ягъэткIури хъурейуэ трагъэлъадэурэ ягъэж.
ХакIуэ (ХакIуэжь) – щауэишыжым хэт дауэдапщэ нэрыбгэщ (персонажщ); джэгуурэ «мэщыщ», и щхьэр иудэурэ фадэбжьэм «хопсэ», «хопырхъэри» зэбгреутхыкI, хъуахъуэхэм ятреутхэ, утыкур къежыхь, хъыджэбзхэм ядогушыIэ, щIалэхэм «йотхауэ». ХакIуэ къалэныр зыгъэзащIэу щытар унэIут-куэбжэIутт. ЩызекIуауэ ттхыжар Мударей къуажэщ. ХакIуэм и дамыгъэ эквиваленту языныкъуэ абазэ къуажэхэм къашэт «гуу».
Хъыринэ – япэу щIалэцIыкIу къащыхэхъуэкIэ (куэдрэ бын ямыIауэ хъыджэбз цIыкIу къалъхуами, нэхъыжьхэм я псалъэкIэ жыпIэмэ, «нану щIэщыгъуэ» щагъуэткIэ) хъыринэшхуэ щIащIэт, абы и бгъуитIымкIэ щIалэхэмрэ хъыджэбзэхэмрэ тетIысхьэурэ ещIэт, ещIэхукIэ зэдэгушыIэхэт, хъуэрыбзэ зэрадзт, уэрэд жаIэт. Хъыринэм ягъэхьэзыр дауэдапщэ шхыныгъухэм ящыщщ фошыгъу хьэлыгъуанэр, ар хъыринащхьэм деж кIэращIэт.
Шэшэн – къэфэкIэ псынщIэ лIэужьыгъуэщ, къэбэрдей къафэ кIыхьым, къафэ къуаншэм, уджым ягъусэу Узун-Яйлэ щызокIуэ, Тыркум ис адрей адыгэхэми фIыуэ ялъагъу, псом хуэмыдэу щIалэгъуалэм. «Унэишэ цIыкIум деж пхъужьхэр къагъэшэшэнт». («Пхъужь»-кIэ узун-яйлэ адыгэхэр зэджэр лъэпкъым щыщу дэкIуауэ, унагъуэ ис бзылъхугъэхэращ; мыбдеж - хьэгъуэлIыгъуэм хэтыну зи дыщ къэкIуэжа фызхэр, щауэм и адэшыпхъухэр.)
ЩIакхъуэмыгъэтэдж – дауэдапщэ ерыскъым лIэужьыгъуэ, нысашэ ежьэхэм здырахьэжьэ шхынхэм Iэмал имыIэу халъхьэт.
ЩIалэIэтэ (щIалэIэтэ щIын, …щIыгъуэ) – джэгум хэт щIалэхэм я дауэдапщэ зэбэн, зэзауэ, зэпщэфыIэ («фэзэбэным (фэкъыхэдзэм)», «пыIэзэфIэхьым», кIахэ «паIохьэм, зэхэплъэжым», джылахъстэней «балий мыхъум» хуэдэу): нэхущ уджыр яуха нэужь, джэгу къутэжыгъуэ шыхъуам деж «Мударейм я щIалэIэтэщIыгъуэ хъуащ», жаIэт.
ЩIэупщIэн – джэгум хэтхэр (нэхъыжьхэмрэ нэхъыщIэхэмрэ, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ) зыр зым пщIэ хуащIу фадэбжьэ, «джэгъарэ» (тутын), IэфIыкIэ сытхэмкIэ «ирищIэупщIэу» зэрыхуахь, е зэрыхурагъэхь хабзэ. Дауэдапщэ «гулъытэм» дауэдапщэ «гулъытэншагъэри» и гъусэти, хабзэм къыдекIуэкI псэлъафэщ мыри: «Зы псы фалъэкIэ мыхъуми, сыт укъыщIытщIэмыупщIар?!». «Гулъытэншагъэ» зезыхьар джэгуурэ фIэгъэнапIэ ящIырти ягъэгъэпшынэжырт (шхын-фадэ сыткIэ), екIужыпщIэ шхыныр иужькIэ зэхэс щхьэхуэу зэдашхыжт.
ЩIэшын – пцIы зэфэзэщыр зыгуэрым и фIэщ щIын, дэгушыIэурэ къэгъэпцIэн. IуэрыIуатэ цикл къещIэкIащ Мударей, Пэзэрсу (Анзорей ЦIыкIу) къуажэхэм я щIалэгъуалэ гушыIэкIэхэр, Тохъу Хьэжумар и щIэшынхэр. Псалъэм и къэкIуэкIэ нэхъыщхьэхэр: «щIеш» («догушыIэ»), «ущIеш» («къыбдогушыIэ», «укъегъапцIэ»), «ЩIиш къудей мыхъуу иришажьэри къришэкI′ас». Пэзэрсу щIалэхэм я щIэшыкIэм щыщщ, псалъэм папщIэ, я фIэщу хьэщIэм зэреупщIу щытахэр: «Къаз нахъутэрэ шыд налрэ ящэри, пщэхун, си къуэш?».
IункIыбзэ дамыгъэ – нысашэ дауэдапщэ ерыскъыр зэрылъ матэм щхьэщалъхьэну хьэлыуэ IупщIищым гуащэм и IункIыбзэмкIэ тредзэ (хьэлыуэр хуабэ щIыкIэ, щаубэм деж). Хабзэр Хэкуми (пс. п. Инжыдж псыхъуэ) щызекIуащ.
Iэпэщэхуж – джэгуакIуэм и зы къалэнщ, джэгум хэт дауэдапщэ нэрыбгэщ: къафапщIэр (щIалэм е хъыджэбзым къызыдэфэну хуейм къыдагъэфэн папщIэ къит «уасэр» – ахъшэ, е цIыкIу-фэкIу гуэр) къыхэзыдзыр, мыри «куэбжэIут-унэIутым ящыщт». «Уй, мыбы мыпхуэдиз къитащ!», – жиIэурэ къата щэхужыпщIэр игъэнэхъыбэу, игъэкуэду жеIэ. Джэгур якъутэжа нэужь ахъшэм и Iыхьэ гуэрыр къэзытам иратыж хабзэт.
Пащты (Мыжей) Мадинэ, филологие щIэныгъэхэм я кандидат.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2684.txt"
} |
Иужьрей дыдэ дакъикъэм псори кIуэдыжащ
ФНЛ-м и етIуанэ дивизионым щекIуэкI зэхьэзэхуэм хыхьэу тхьэмахуэ кIуам «Спартак-Налшыкым» къригъэблэгъащ Павловскэм и «Кубань-Холдинг»-р. Зэхьэзэхуэм и турнир таблицэм зэкIэлъхьэужьу къыщыкIуэ командитIым я зэпэщIэтыныгъэр жыджэру къыщIадзащ. Зы ебгъэрыкIуэныгъэм къыкIэлъыкIуэ контратакэр къыпэджэжу бэнэныгъэ гуащIэ ирагъэжьат гупхэм.
ЗэIущIэр куэд дэкIатэкъым хьэщIэхэм я ебгъэрыкIуэныгъэр хабзэм къемызэгъыу ди штрафнойм иту «Спартак-Налшыкым» и гъуащхьэхъумэхэм къыщызэпаудам. Абы кърикIуащ налшыкдэсхэм я гъуэм пенальти еуэну судьям унафэ къызэрищтар. Метр 11-кIэ гъуэм пэмыжыжьэу ягъэува топым бгъэдыхьащ «Кубань-Холдинг»-м и гъуащхьауэ Заикин. АрщхьэкIэ ар зэуэну лъэныкъуэр Антиповым къищIащ икIи пенальтим къригъэгъэзащ.
Япэ Iыхьэм и кум нэблэгъауэ ди щIалэхэм бжыгъэр къызэIуахыну Iэмал гъуэзэджэ зыIэщIагъэкIащ. Штрафнойм иту Сындыкур зэуа топыр хьэщIэхэм я гъуэм и штангэм бгъэдэтыбзэу блэкIащ.
Сытми налшыкдэсхэм и гугъуехьэхэм ехъулIэныгъэ къыпэкIуащ. Ди щIалэхэм я ебгъэрыкIуэныгъэм хэту «Кубань-Холдинг»-м и штрафнойм топыр ЛIупым къыщыIэрыхьащ. Гъуащхьэтетым хуэзанщIэ хъуа налшыкдэсхэм я гъуащхьауэр зэуа топым Имамовыр лъапэкIэ лъэIэсри къригъэгъэзащ. Абы Хьэшырыр кIэлъеуэжащ икIи хьэщIэхэм я гъуащхьэтетым къригъэгъэзэну Iэмал иIакъым – 1:0. Япэ Iыхьэм щыщу къэнэжа зэманыр хэгъэрейхэм я тепщэныгъэкIэ иухащ.
Зэхьэзэхуэм хухаха зэманым щыщу сыхьэтым щIигъуэ дэкIауэ зэхъуэкIыныгъэ зыбжанэ езыгъэкIуэкIа «Кубань-Холдинг»-м и джэгукIэр нэхъ хуабжь хъуащ. Апхуэдэу Краснодар крайм и командэм я ебгъэрыкIуэныгъэм хэту Рзаевыр зэуа топыр ди гъуащхьэхъумэхэм ящыщ зым техуэри къигъэлъеижащ. Абы лъэщу кIэлъеуэжа Жабкин и топым ерагъыущ Антиповым къызэрыригъэгъэзар.
ЗэпэщIэтыныгъэр лъэныкъуитIми зыбжанэрэ щызэхъуэжурэ екIуэкIыурэ зэIущIэм хухаха зэман нэхъыщхьэр и кIэм нэблэгъащ. Джэгум щытекIуауэ, очокищыр зи Iэрылъхьэу къэзылъыта «Спартак-Налшыкым» иужьрей дыдэ дакъикъэхэм набдзагубдзаплъагъэр фIэкIуэдащ. АрщхьэкIэ судьям и кIэфий макъыр зэхамыхауэ хьэщIэхэм къэувыIэн мурад яIэтэкъым икIи зэпыу ямыIэу ипэкIэ зэрыкIуэтэным яужь итт.
ХьэщIэхэм я иужьрей ебгъэрыкIуэныгъэм хэту Антиповым и гъуэм пэгъунэгъу хъуа футболист хьэщIэр ди щIалэхэм ираудащ – штрафной. ЗэIущIэм къыхыхьагъащIэ Рзаевым штрафнойр игъэзэщIащ. «Спартак-Налшыкым» и футболистхэм ягъэува «блыным» абы топыр щхьэпридзащ. Антиповым и пащхьэ дыдэм щIым ар щытеуати, къыщыдэлъеижым ди гъуащхьэтетым къыхуэубыдакъым икIи гъуэм дигъэхьащ – 1:1.
Арати, зэIущIэм псом «Спартак-Налшыкым» ихъума текIуэныгъэр къахуэзыхь бжыгъэр иужьрей зэман нэхъыщхъэм къыщIагъуа иужьрей дыдэ дакъикъэм зыIэщIагъэкIащ.
ЖЫЛАСЭ Замир.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2685.txt"
} |
ЩIэдзапIэ дахэ
И ныбжькIэ щIалэми, лэжьыгъэ гъуэгуанэшхуэ и щIыбагъ къыдэмылъми, зыпэрыт Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкI IэщIагъэлIу зыкъигъэлъэгъуащ дохутыр ныбжьыщIэ ЛIыхъугу Аринэ. Налшык къалэ клиникэ сымаджэщ №1-м коронавирус узыфэ зэрыцIалэм щеIэзэу щыIэ госпиталым езым и жэрдэмкIэ мазиплIкIэ щылэжьащ а пщащэр. Зыхэт гупым задригъэкIурэ сымаджэхэм зэрыхъукIэ дэIэпыкъуэгъу яхуэхъуу IэнатIэ мытыншыр езыхьэкIа дохутырым щытхъу мащIи иIэкъым.
Сабий хъуэпсапIэ
Лэскэн щIыналъэм хыхьэ Урыху къуажэм дэт курыт школ №I-р дыщэ медалкIэ къиухащ Аринэ. Еджэным фIыуэ хэзэгъа пщащэм сыт хуэдэ Iуэхугъуэми и зэфIэкI щигъэлъагъуэрт, республикэ, хэгъэгу зэпеуэ, конференцэ зэхуэмыдэхэм я утыку итащ, и къэухьым щыхьэт техъуэ фIыщIэ, щытхъу тхылъхэр мымащIэу къыхуагъэфэщащ. ЕджапIэ нэужьым ар щIэтIысхьащ КъБКЪУ-м и медицинэ факультетым.
- Дохутыр сыхъуныр сызэрыцIыкIурэ си хъуэпсапIэт, нэгъуэщI IэщIагъэ сыпэрытынкIэ хъунуи зэи сигу къэкIакъым, - жеIэ пщащэм. – Дыдейхэм зэрыжаIэжымкIэ, илъэсищ сыщыхъуам дохутыр къызэрысхэкIынур къагурыIуат. Гуащэ хьэпшыпкIэ сыджэгуми, сабийхэм сахэтми, сытым дежи зыгуэрым «сеIэзэну», «згъэхъужыну» иужь ситт. Апхуэдэу унагъуэм щIэсхэми я «дохутырыр» сэрат.
Япэ лъэбакъуэхэр
Лэжьыгъэм зи нэ къыхуикI хъыджэбзыр 4-нэ курсым щIэсу Республикэ сабий клиникэ сымаджэщым реанимацэмкIэ и къудамэм медсестрауэ лэжьэн щыщIидзащ. ИлъэситIкIэ абы щыIауэ Налшык къалэ дэт Поликлиникэ нэхъыщхьэм и ковид центрым уващ, иужькIэ и лэжьыгъэм щыпищащ госпиталым.
Аринэ госпиталым къыIукIыжа нэужь и еджэным КъБКъУ-м и ординатурэм щыпищэжащ. Лэжьыгъэри еджэнри зэгъусэу пхуздэхьмэ, Iуэхум и пIалъэр нэхъ псынщIэу къапщIэу, IэщIагъэми нэхъ тыншу ухэзагъэу къелъытэ пщащэм.
- Медицинэм и дэтхэнэ унэтIыныгъэри гъэщIэгъуэнщ, языхэзми уи къэухьым зезыгъэужь куэди къыхэпхыфынущ, щIэ гуэри хэплъхьэфынущ, - къыхегъэщ дохутыр ныбжьыщIэм. – Республикэ сабий клиникэ сымаджэщым реанимацэм и къудамэм сыщыщыIэм онкологие, неврологие унэтIыныгъэр нэхъ сигу къыдыхьэу, а тIум зытезгъэщIэнур къысхуэмыщIэурэ екIуэкIащ. Иужьым неврологием нэхъ сыдихьэхыжри, абы сыкъытеувыIащ.
IэщIагъэм уехъулIэну ухуеймэ
Сэ сызэреплъымкIэ, дохутыр лэжьыгъэр адрей псом хуэдэжкъым. ЦIыху гъащIэмрэ узыншагъэмрэ я хъумакIуэхэр нэгъуэщI IэщIагъэхэм пэрытхэм куэдкIэ ефIэкIын хуейщ. Дохутырыр щыуэну, дзыхэну хуиткъым, IэнатIэм къапигъаплъэ щытыкIэ къызэрымыкIуэхэм псынщIэу и хэкIыпIэр къалъагъуфу щытыпхъэщ. Абы къыхэкIыуи фIыуэ егупсысын хуейщ IэщIагъэр къыщыхахкIэ.
- Егъэлеяуэ жэуаплыныгъэшхуэщ дохутыр IэщIагъэр. Уи зы щыуагъэ цIыкIур къэгъэнауэ, псалъэ закъуэми сымаджэм и гъащIэр къызэригъэзэкIыфынущ, - жеIэ ЛIыхъугу Аринэ. – Аращи, IэщIагъэмкIэ щIэныгъэ зэрыббгъэдэлъыпхъэр гурыIуэгъуэщ, ауэ абы и закъуэкIэ куэд щыпхузэфIэкIынукъым ди IэнатIэм. Дохутырым дежкIэ цIыхугъэмрэ гущIэгъумрэ узыфIэмыкIыфын хьэлщ, сымаджэр зэхэпщIыкIыфыным мыхьэнэшхуэ иIэщ. Псом япэрауэ, абы и псэм телъ гузэвэгъуэр псалъэкIэ щхьэщыпхыфын хуейщ. ИужькIэщ уи щIэныгъэмрэ Iэзэгъуэмрэ щхьэпагъ нэхъ щаIэнур. IэщIагъэм уехъулIэну ухуеймэ, IэнатIэм щIэуэ къыхыхьэ псоми зыщыбгъэгъуэзапхъэщ. Си щхьэкIэ сыкъапщтэмэ, медицинэ тхылъхэр, журналхэр щIызоджыкI, конференцэхэм сыхэтщ, интернетми куэд къыщызощIэ.
Дунейм и плъыфэм зехъуэж
Пандемием дохутырхэр гъэунэхуныгъэшхуэм пэригъэуващ. Гиппократ и тхьэрыIуэр ягъэпэжу пэщIэуващ зыщымыгъузэ узыфэ шынагъуэм. Я пси еблэжакъым, абыхэм ящыщ куэдым я гъащIэр ихьащ а уз Iейм. КъыпикIуэтакъым гугъуехьым Арини, пэмылъэщынкIэ зы маскъалкIи шэч зыхуимыщIыжу яхыхьащ коронавирусым бэнэныгъэ дезыгъэкIуэкI дохутырхэм.
- СызыIухьэ «мафIэр» зыхуэдэр къызгурыIуэрт. Ауэ цIыхум сэбэп сызэрыхуэхъуфынур сщIэуэ сыкъикIуэтынутэкъым, - игу къегъэкIыж госпиталым щигъэкIуа махуэхэр Аринэ. - Пэжщ, пцIы супсынкъым, япэхэм шынэ гуэрхэр сигу къыщихьа къэхъуащ, ауэ ар псынщIу текIуэтри, си пщэрылъыр гъэзэщIэным си гупсысэ псори етауэ сылэжьащ.
Узыфэ шынагъуэм гъащIэм хузиIэ еплъыкIэм зригъэхъуэжащ. Сэ къызгурыIуащ дэтхэнэ дакъикъэри зэрылъапIэр. Узыр къемыжьэ щIыкIэ щыIа си дунеймрэ иджыреймрэ зэрыслъагъур зэхуэдэкъым, абы и плъыфэхэм зызэрадзэкIащ. Нобэ гъащIэм нэхъ нэ жанкIэ сыхэплъэу пIэрэ жызоIэ, куэдым гу лъыстэну, нэхъыбэм сыхунэсыну сыхущIокъу.
ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2686.txt"
} |
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и наркощытыкIэр къэпщытэным ехьэлIа положенэм теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2018 гъэм бадзэуэгъуэм и 3-м къыдигъэкIа Указ №101-УГ-м къару имыIэжу къэлъытэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIУЭКIУЭ Казбек
Налшык къалэ
2021 гъэм жэпуэгъуэм и 7-м
№109-УГ
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2687.txt"
} |
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
Гъавэ къэзыгъэкIхэм гъавэр къалэжьынрэ ящэн папщIэ трагъэкIуэдахэм ящыщ Iыхьэхэр зэрыхурагъэкъуж хабзэхэр къэщтэным и IуэхукIэ
2021 гъэм жэпуэгъуэм и 5-м Налшык къалэ №196-ПП
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
Гъавэ къэзыгъэкIхэм гъавэр къалэжьынрэ ящэн папщIэ трагъэкIуэдахэм ящыщ Iыхьэхэр зэрыхурагъэкъуж хабзэхэр къэщтэн.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI МУСУКОВ Алий
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2688.txt"
} |
НОБЭ
Жэпуэгъуэм и 14
Махуэку
Мардэхэм я дунейпсо махуэщ
1860 гъэм Петербург опернэ театр къыщызэIуахащ.
1964 гъэм Брежнев Леонид КПСС-м и ЦК-м и Секретарь Нэхъыщхьэ къулыкъум ягъэуващ.
1948 гъэм къалъхуащ режиссёр, КъБР-м гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Темрокъуэ Риммэ.
*Дыгъэр къыщIэкIынущ сыхьэти 6-рэ дакъикъэ I8-м, къухьэжынущ сыхьэт 17-рэ дакъикъэ 25-м.
*Махуэм и кIыхьагъщ сыхьэт 11-рэ дакъикъэ 7-рэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru сайтым зэритымкIэ, ди республикэм махуэм пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 18-21, жэщым градус 9-11 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Зумыхьэри уимыIэри зыщ.
Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2689.txt"
} |
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ВетеринариемкIэ и управленэм и унафэм щIэт къэрал кIэзонэ IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм лэжьапщIэ зэрырат отраслевой хабзэм и IуэхукIэ
2018 гъэм дыгъэгъазэм и 25-м
Налшык къалэ №261-ПП
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал кIэзонэ, бюджет IуэхущIапIэхэм, IуэхущIапIэ къыхэгъэщхьэхукIахэм я лэжьакIуэхэм лэжьапщIэ зэрырат отраслевой хабзэхэр къэгъэсэбэпыным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм 2008 гъэм шыщхьэуIум и 19-м къыдигъэкIа унафэ №196-ПП-м ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ВетеринариемкIэ и управленэм и унафэм щIэт къэрал кIэзонэ IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм лэжьапщIэ зэрырат отраслевой хабзэм теухуауэ мы унафэм щIыгъу Положенэр къэщтэн.
2. Мы унафэр зэрагъэзащIэм кIэлъыплъыну и пщэ илъхьэн Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Говоров С.А.
3. Мы унафэм къару егъуэт 2019 гъэм щIышылэм и 1-м щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "269.txt"
} |
НОБЭ
Жэпуэгъуэм и 13, бэрэжьей
♦ЩIыуэпсым къыщыхъу къэхъукъащIэ шынагъуэхэм къашэ гузэвэгъуэхэр гъэмэщIэным и дунейпсо махуэщ
♦1904 гъэм Тэрч-Псыжь полкым хыхьэ адыгэ шууищэм хэтхэм зыкъаIэтащ.
♦1891 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ Къатхъэн Назир.
♦1911 гъэм къалъхуащ къэрал, парт лэжьакIуэ, нартыхугъэкI цIэрыIуэ, политик, КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, гуащIэдэкIым и Бэракъ Плъыжь орденищ зыхуагъэфэщауэ щыта ХьэщIэлI Мухьэмэд.
*Дыгъэр къыщIэкIынущ сыхьэти 6-рэ дакъикъэ 16-м, къухьэжынущ сыхьэт 17-рэ дакъикъэ 26-м.
*Махуэм и кIыхьагъщ сыхьэт 11-рэ дакъикъэ 10-рэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru сайтым зэритымкIэ, ди республикэм махуэр уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 15 - 17, жэщым градус 9 - 10 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
КъуанщIэм нэ хуащIати, набдзэ жиIащ.
Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭШЭМЫЩI Изэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2690.txt"
} |
«ЖылакIэр» Мейкъуапэ щагъэлъагъуэ
Абхъаз къэрал щIалэгъуалэ театрым иджыблагъэ Мейкъуапэ къалэ щигъэлъэгъуащ Абхъазым и цIыхубэ тхакIуэ Шинкубэ Бэгърат и «ЖылакIэ» романым къытрищIыкIа спектаклыр. Ди лъэпкъ тхыдэм и напэкIуэцI гуузхэм ящыщ зыщ абхъаз тхакIуэшхуэм и романым лъабжьэ хуэхъуар, абы етхыж лъэпкъкIэ зэджэжу щымыIэж убыххэр зэрыкIуэдыжар, ахэр иужьрей гъуэгуанэм зэрытеува щIыкIэр, адыгэ жыгышхуэм и зы къудамэр гукъутэу зэрыгуэщIыкIар.
Романым укъыщеджэкIэ уи нэгу къыщIыхьэр гущIыхьэщ, дыкъызыхэкIа лъэпкъым и щхьэ кърикIуа мыгъуагъэр дунеягъэм къыщымыхъуа гуауэшхуэщ. А псор псалъэкIэ къэзыIуэтэфа тхакIуэм къызэкъуиха лIыгъэм хуэфащэ къару зиIэ режиссер щIалэ къызэрыунэхуар умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым. ЩIалэгъуалэ театрым и режиссер Авидзбэ Алиас зытегушхуа Iуэхур цIыкIукъым икIи тыншкъым. Театр сценэм щыпхуэмыгъэлъэгъуэну къыпщыхъу тхыдэ пычыгъуэ куур дахэу утыку кърахьащ. Режиссерым и мурадари, актерхэм я къалэнари къайхъулIащ, макъамэр, уэздыгъэр, фащэр, декорацэр зэзыгъэзэхуахэми фIыщIэ яхуэфащэщ.
Мы спектаклыр илъэситI ипэ япэ Сыхъум щагъэлъэгъуауэ щытащ, Абхъазым и районхэми яшащ, уеблэмэ Налшыки щекIуэкIащ. Иджы Мейкъуапэ и театреплъхэр ягъэгуфIащ.
Спектаклыр сыхьэтищым щIигъукIэ абхъазыбзэкIэ йокIуэкI, урысыбзэкIэ зэрадзэкIыу. Зы дакъикъи укъиутIыпщыркъым утыкум щекIуэкIым. БзэщIэныгъэлIыр убыхыбзэ зыIурылъыж лIыжь закъуэм и лъапсэм къэса нэужь, лъэпкъкIуэдыр къызыхуэкIуа убыххэм я хъыбарым щIедзэ. Золакъ Зауркъан жиIэжхэм ди блэкIа жыжьэм ухешэ, утыкум ис дадэм и псалъэхэр гущIэм нос, илъэсищэм щIигъуа лIыжьым и Iэпэхэр кIэзызу къиIуэтэжым теплъэгъуэ шынагъуэхэр уи нэгум къыщIагъэхьэ утыкум къихьэ актерхэм. Нэпсыр кърегъакIуэ унагъуэм исхэм къэлътмакъыр зэралъхьэу, жьэгу мафIэр зэрагъэункIыфIыжым; адэм хамэ щIыпIэ къыщыпэплъэ кхъащхьэм хутракIутэжын щIы IэмыщIэ къызэрызэдищтэм; тырку кхъухьыжьхэм убых лъэпкъыр зэрыракIутэм; «СывукI, сывымукIауэ адэкIэ лъэбакъуэ фэзгъэчынкъым», - жиIэу Бэрэкъей и къуэ Ахьмэд гъэпцIагъэкIэ ирашэжьа и къуэшхэм сэшхуэр игъэдалъэу зэрапэувым; зи сабийр зи куэщI илIыхьа анэм, хьэдэр трахыу хым хамыдзэн щхьэкIэ, гущIэкъу уэрэд жриIэу зэрыщхьэщысым; Зауркъан фоч кIэкхъур щIичыу и шыр иукIыжын щхьэкIэ и псэм бэлыхьу телъым, нэгъуэщIхэми. Актерхэм дахэу къагъэлъэгъуащ насыпыншагъэкIэ псыхьа цIыху гъащIэм и теплъэри, гъэпцIагъэрэ бзаджагъэкIэ куда пщыжьхэм я образри, абхъаз-адыгэ лъэпкъым къыпэува урысхэм я бзаджагъэри, фэрыщIу къапежьа тыркухэм я хьилагъэри.
«Зи хэку зыфIэкIуэдым псори фIокIуэд», - жеIэ абхъаз псалъэжьым. Аращ убыххэм къащыщIар. Псэут ахэр къэкIуэнум фIыкIэ хуэхъуапсэу, джэгухэр я жьэгу пащхьэ щызэхашэу, арщхьэкIэ куэдрэ цIыхум и хъуэпсапIэр къытепхыну?! Ахэр техьащ къуэш хьэдэкIэ сея гъуэгужьым. Мыбы тратхыхьар куэдщ, тепсэлъыхьари мащIэкъым. Махуэ къэс къешынэуэжурэ нобэм къэса лъэпкъ уIэгъэр иджыри кIыжакъым. Аращ лъапсэрыхыр къызыхуагъэкIуа лъэпкъым ущегупсыскIэ уи нэпс къыщIригъакIуэр. Ар иджыри зэ утыку кърахьащ Абхъаз къэрал щIалэгъуалэ театрым и актерхэм. Адыгейм спекталым щеплъахэм фIыщIэ ин хуащIащ ар зыгъэува режиссерымрэ абы хэта актерхэмрэ.
НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2691.txt"
} |
Жэпуэгъуэм и 14-р МэзгъэфIэнхэмрэ лъэпкъ паркхэмрэ я лэжьакIуэхэм я махуэщ
Дызэрыщыгъуазэщи, дыкъэзыухъуреихь дунейм хэхауэ яхъумэ и щIыпIэхэр (мэзкъуэдыхэмрэ мэзгъэфIэнхэмрэ) IэмалыфIщ щIыуэпсыр зэрыщытам хуэдэу къызэтегъэнэнымкIэ.
Урысей Федерацэм япэ дыдэу мэзкъуэды къыщызэрагъэпэщауэ щытар I9I6 гъэм дыгъэгъазэм и 26-рщ (щIэмкIэ - 1917 гъэм щIышылэм и 11-рщ). Япэ дунейпсо зауэм и гуащIэгъуэу, Байкал хыжьейм къегъэщIылIа Баргузин шытхым (Бурятие щIыналъэ) къуэкIыпIэмкIэ щыIэ и джабэщIым къыщыунэхуащ хэхауэ яхъумэ щIыпIэ. Ар нобэр къыздэсми мэлажьэ, къыщIызэрагъэпэща и къалэныр игъэзащIэу.
МэзгъэфIэнхэм я лэжьакIуэхэм я махуэр гъэ къэс гъэлъэпIэным хуэунэтIа жэрдэмыр, хэгъэунэхукIауэ, япэ дыдэу къыщыхалъхьауэ щытар 1999 гъэм Урысей Федерацэм и мэзкъуэдыхэм я унафэщIхэм я зэхуэсышхуэу Владивосток къалэ щекIуэкIарщ.
Илъэс зыбжанэ дэкIри, 2006 гъэм, абыкIэ унафэ къащтащ УФ-м ЩIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэм деж щыIэ Жылагъуэ экологие советым хэтхэм. А зэIущIэм щIэсахэм ар ирырагъэхьэлIат къэралым хэхауэ яхъумэ и щIыпIэхэр (мэзкъуэдыхэр) щызэгъэуIуа къэралпсо IуэхущIапIэ къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 90 щрикъу махуэм, жэпуэгъуэм и 14-м. Ди лъэхъэнэм а зэгухьэныгъэм егъэщIылIащ УФ-м ит мэзгъэфIэнхэм ящыщу 103-р, федеральнэ мыхьэнэ зиIэ заказникыу 68-р, лъэпкъ паркыу 49-р.
Урысей Федерацэм къэрал мыхьэнэ зиIэу ит мэзкъуэдыхэм псори зэхэту километр зэбгъузэнатIэу 340-рэ къызэщIаубыдэ. Я инагъ-я бгъуагъкIэ зэхэлъхьэжауэ а щIыгур хуэдизщ Финляндием зэрыщыту къызэщIиубыдэ и щIыналъэм.
Къыхэгъэщыпхъэщ, УФ-м щIыуэпсым хэхауэ яхъумэ и щIыпIэу итым я Iыхьэ щанэр ЮНЕСКО-м и биосферэ хъумалъэу зэрыщытри, дыкъэзыухъуреихь дунейм и хъугъуэфIыгъуалъэ нэхъ телъыджэ дыдэхэм зэрыхабжэри. Абыхэм ящыщ зыщ Кавказ биосферэ мэзкъуэдыр, Адыгэ Республикэмрэ Краснодар краймрэ бгыщхьэхэмкIэ щаIэ я щIыгум щыщ Iыхьэшхуэр къызэщIэзыубыдэр. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, абы Iэщ щыхъуакIуэркъым, мэши щащIэркъым.
Гъэ къэс зэрекIуэкIыр аращи, мэзгъэфIэнхэмрэ лъэпкъ паркхэмрэ я лэжьакIуэхэм я махуэм федеральнэ мыхьэнэ зиIэ мэзкъуэдыхэм экологие дерсхэр къыщызэрагъэпэщ, щIыуэпсыр хъумэным хуэунэтIауэ зэфIагъэкIа щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэм къарикIуахэм щытопсэлъыхь, къэкIыгъэхэмрэ псэущхьэхэмрэ я щыIэкIэ-псэукIэр зыхуэдэм, дыкъэзыухъуреихь дунейм и «плъыфэхэм» зэрызахъуэжым, нэгъуэщIхэми я гугъу щащI.
КЪУМАХУЭ Аслъэн.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2692.txt"
} |
«Пушкин и картэр» мэлажьэ
Зы мазэ хъуауэ Урысей Федерацэм щолажьэ «Пушкин и картэ» къэрал программэр. Ар УФ-м и Президент Путин Владимир къыхилъхьащ, щIалэгъуалэр диIыгъын папщIэ. Илъэс 14-м щегъэжьауэ 22-рэ зи ныбжь щIэблэм я щэнхабзэ зыхэщIыкIым зиужьын щхьэкIэ къагупсыса IэмалыфIщ мы Iуэхур.
Сабийхэр, еджакIуэхэр, студентхэр урысейпсо псэкупсэ къулеягъэм хуэгъэIущыным, макъамэр, театрыр, изобразительнэ гъуазджэр, лъэпкъ творчэствэр абыхэм егъэцIыхунымкIэ, щэнхабзэ лъагэм щIэпIыкIынымкIэ хуабжьу сэбэп хъунущ щIалэгъуалэр пщIэншэу а IуэхущIапIэхэм щIыхьэну хуит зэращIар.
Театрым, музейм, гъэлъэгъуэныгъэхэм, галереехэм щIыхьэн папщIэ ныбжьыщIэм иIыгъ картэм 2021 гъэм къэрал бюджетым къыхэкIыу сом мини 3 къыхуралъхьащ, 2022 гъэм ар сом мини 5 хъунущ. Картэм илъ ахъшэр спектаклхэм, концертхэм, фестивалхэм, гъэлъэгъуэныгъэхэм фIэкIа тебгъэкIуадэ хъунукъым, нэгъуэщI IуэхукIэ къыпхуэгъэсэбэпынукъым.
Картэр пластикыуи, виртуальнэуи зэбгъэпэщ мэхъу. Нэхъыбэм виртуальнэ Iэмалращ къыхахар, ар «Госуслуги» гуэдзэным тыншу къыщыпхудэхынущ. ИтIанэ телефоным «Госуслуги.Культура», «Культура. РФ» гуэдзэнхэр тету щытмэ, билетщэху укIуэни хуэмейуэ, сайтым къыщыпхуэщэхунущ. Билетыр зыIэрыбгъэхьа нэужь, уи Iуэху хуэмыкIуэрэ пхъуэжын хуей хъумэ, гугъуехьыншэу пхуахъуэжынущ, е ебгъэгъэзэжмэ, уи ахъшэр картэм къихьэжынущ.
КъищынэмыщIауэ, зи гугъу тщIы сайтхэм сытым дежи итынущ «Пушкин и картэмкIэ» уздэкIуэ хъуну щэнхабзэ зэхыхьэхэмрэ а программэм хэт щэнхабзэ IуэхущIапIэхэмрэ. Къыхэгъэщыпхъэщ IуэхущIапIэхэм, псалъэм къыдэкIуэу, музейхэм, «Пушкин и картэмкIэ» ущыкIуэну махуэ хэхахэр зэраIэр.
Урысей Федерацэр къапщтэмэ, щэнхабзэ IуэхущIапIэу 1500-рэ хэтщ мы программэм, абыхэм илъэсым икIэ хъуху Iуэхугъуэ мини 10 щекIуэкIынущ, картэмкIэ укIуэ хъуну. Псоми ящIэн хуейщ циркымрэ киномрэ мы картэр къызэрыщымысэбэпыр.
Мыдрей псоми уэ уи хэгъэгум и мызакъуэу, Урысейм и дэнэ щIыпIэ щыIэ IуэхущIапIэми урищIыхьэфынущ. Гукъыдэжыр къызэпызыудыфынкIэ хъунур коронавирус уз зэрыцIалэм щхьэкIэ щIыналъэхэм пIалъэкIэ къыщагъэув жыпхъэхэращ, абы къыхэкIыу щэнхабзэ IуэхущIапIэхэм я бжэр зэрызэхуащIырщ, е щIэсын хуей цIыху бжыгъэр зэрагъэмащIэрщ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэми фокIадэм и 1 лъандэрэ щолажьэ «Пушкин и картэр». Ар зыIыгъ щIалэгъуалэр щэнхабзэм и IухущIапIэ 11-м пщIэншэу кIуэфынущ. Псалъэм папщIэ, урыс, адыгэ, балъкъэр театрхэм, Изобразительнэ гъуазджэмкIэ музейм, Лъэпкъ музейм, концерт щекIуэкI «Кабардика», «Балкария», «Терские казаки» ансамблхэм я унэхэм, Темыркъаным и цIэр зезыхьэ къэрал филармонием. Ди республикэм щыщу цIыху мини 9-м зыIэрагъэхьащ «Пушкин и картэр» икIи жыджэру музейхэм, театрхэм кIуэн щIадзащ.
НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2693.txt"
} |
НОБЭ
Жэпуэгъуэм и 15
Мэрем
♦Зи нэхэм ямылъагъухэм я дунейпсо махуэщ
♦Iэхэр тхьэщIыным и дунейпсо махуэщ
♦Къуажэм щыпсэу цIыхубзхэм я дунейпсо махуэщ
♦1814 гъэм къалъхуащ усакIуэ, цIэрыIуэ, тхакIуэ Лермонтов Михаил.
♦1930 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ТекIуий Анатолэ.
♦1935 гъэм къалъхуащ УФ-м щIыхь зиIэ и артист, Абхъазым и цIыхубэ артист, КъБР-м, Абхъаз Республикэм я Къэрал саугъэтхэм я лауреат Мысостышхуэ Пщызэбий.
♦1940 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ, УФ-м щIэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ IутIыж Борис.
♦Дыгъэр къыщIэкIынущ сыхьэти 6-рэ дакъикъэ I9-м, къухьэжынущ сыхьэт I7-рэ дакъикъэ 23-м.
♦Махуэм и кIыхьагъщ сыхьэт II-рэ дакъикъэ 4-рэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru сайтым зэритымкIэ, ди республикэм махуэм пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус I7-19, жэщым градус 7-8 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
ЗыщIэм жиIэркъым, жызыIэм ищIэркъым.
Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2694.txt"
} |
Псэлъафэхэмрэ псалъэ шэрыуэхэмрэ
Узун-Яйлэм и уней IуэрыIуатэ псэлъафэхэмрэ псалъэ шэрыуэхэмрэ
Абазагъэ – псынщIагъэ, тэмакъкIэщIыгъэ. «Уи абазагъэр умыгъэлъагъуэ» жиIэмэ, зэпIэзэрыту щыт, екIуу цIыхум яхэт, губжьыр зытомыгъакIуэ, жыхуиIэщ.
Дэущын – «ущын» псалъэм къытекIащ, «хуэмыфащэми, жиIэр пцIыми, ар дэIыгъын» жыхуиIэщ: «Уэри удэущас». Тыркум ис адыгэхэм яIэщ мы псэлъафэм и лъабжьэгъуу нэгъуэщI зыи: «ЩIэущыхьын» – уэркъыгъэм, адыгагъэм, лIыгъэм, цIыхугъэм къемызэгъыу зекIуэн, зэми зэ, зыщIыпIэ деж щыуагъэ зыIэщIэгъэкIын. «ЦIыху къых′эмыкI′ар кIуэнус-кIуэнурэ щIэущыхьынус». «ЗэрыщIэущыхьыну» щIыкIэм и щапхъэхэу къахь хабзэр: уи щэху, уи тIасхъэ, уи дагъуэ ищIэмэ, и псалъэ епцIыжынщи зыщIыпIэ деж тIысынщи ущиIуэтэжынщ; къалэм еджакIуэ-лэжьакIуэ кIуэнщ, и Iуэхури дэкIынщ, ауэ ахъшэмрэ фадэмрэ ягъэжэкъуэнщи, ари зыуэ «щIэущыхьа» хъунщ; цIыхубз IуэхукIэ къэпцIэнщи, и унагъуэ, и щхьэгъусэ игъэпудынщ, зыхуей хуигъэзэфынкъым, н. къ.
ЖыIэхуэ – цIыху цIэрыIуэм къыщIэна и псалъэ, псэлъафэ, жыIэгъуэ (афоризм): «Хьэфиз-ефэндым и жыIэхуэхэр», «адыгэ жыIэхуэ». «ЖыIын тIэкIу сиIыс...» – нэхъыжьхэм я пащхьэ нэхъыщIэм и псалъэ къызэрыригъажьэ жыIэгъуэ.
КI′агуэ, лъапагуэ - адыгэр тыркум зэреджэ цIэ лей, щIагъыбзэ (эпитет-эвфемизм).
Къэбэрдеигъэ – адыгагъэ, лIыгъэ, жьафIагъэ, хыхьэ-хэкI; гушыIэ-ауану къапсэлъмэ – кIыхьлъыхьыгъэм, псалъэ гъущэ гъэджэгуным (узун-яйлэ уэршэрым) и дамыгъэщ. «Абазагъэм» еплъытмэ, «къэбэрдеигъэ» щэныр «нэхъ зэтеубыда, зэпIэзэрыт» жыхуиIэу къокIуэ.
Насыппыуд – насып къэмыгъакIуэ.
ПащIэмыщ – адыгэр курдым зэреджэ цIэ лей.
ПсалъапIэ-увыпIэ етын – гъуэгу етын.
Псалъэ къэубыд – губзыгъэ, гурыхуэ, акъыл жан.
Пх′энжыр х′эз щIын – Iуэхур пцIыуэ, зэрыщытым хуэмыдэу цIыхум яхэхьэн.
Уэркъ къабзэ – «уэркъыгъэу дэгъэзеигъуэ кIыхьыр» дуней тетыкIэкIэ зыгъэпэж, зыгъэлъагъуэ цIыхум, лъэпкъыжь къабзэ къыхэкIам хужаIэ.
Уэркъыжь - уэркъыгъэр анэкъилъхуу лъэхъэнэ кIыхькIэ къызыдэгъуэгурыкIуэ лъэпкъыфI, лъэпкъышхуэ, абы щыщ цIыху («уэркъышхуэ»-м мыхьэнэкIэ щытехуэ къохъу).
Уэркъ цIафтэ – мылъку зимыIэж уэркъ.
Уэркъым ипкъ – къудан, зэкIуж. Псалъэжь: «Уэркъым ипкъ кIуэдыркъым» (Еплъ: Лъэпкъ и зыпкъ кIуэдкъым).
Узун-Яйлэ хабзэ (Iузнейлэ хабзэ) – къэбэрдей гупсысэкIэм, хабзэ зехьэкIэм нэхъ тету Узун-Яйлэ щыува, щекIуэкIа хабзэ. ЖызыIэм елъытауэ (хэгъэгум щыщ, щымыщ) позитив мыхьэнэуи негатив мыхьэнэуи урохьэлIэ. «Жэбагъы хабзэ» (Къэзэнокъуэ Жэбагъы игъэува хабзэ) жыхуиIэ псэлъафэри Узун-Яйлэм и хабзэ унейхэм епхауэ къапсэлъ: «ЗыгуэрэкIэ зэныкъуэкъу хъумэ, къэбэрдейм – дыдейм – жаIэр арат: “Уэлей, а сэ жысIэр Джэбагъы и къануным напиплI къызэбдзэкIым етхуанэм итым!” – жаIэт. “Уэлей, ар Джэбагъы идэмэ, си пащIэр уэзгъэупсынтэм!”».
Узун-Яйлэ хьэщIэщ зэхэс – унафэ къыщащтэу, хъыбар щаIуатэу, жаIар зэрагъэхъуну щIыкIэхэр къыщахутэу Узун-Яйлэ хьэщIэщхэр икIэм нэс къэгъуэгурыкIуащ.
ХьэщIэщ зэкIэлъыкIуэ – цIыху кIуапIэу, унафэ къэщтапIэу уиIэныр, ар пIыгъыфыныр унагъуэм, лъэпкъым, лIым дежкIэ нэмысышхуэт. Узун-Яйлэ нэхъ лъэпкъыфIу исахэм я хьэщIэщхэм щаухэса хэгъэгупсо унафэхэм я хъыбархэр IуэрыIуатэм куэду къыхэнэжащ.
Узун-Яйлэ уэршэр – «уэршэрын» псалъэм литературэбзэм къикI мыхьэнэм нэхърэ нэхъыбэ мыбдеж къыщырагъэубыд: «хуиту, гушхуауэ зэпсэлъэн» жыхуиIэм щегъэжьауэ «гушыIэн», «сэмыркъэун», «щIагъыбзэ куу хэлъу псэлъэн», «жьабзэ дахэ гъэлъэгъуэн», «псалъэншэу, гурыгъуазэу дамыгъэкIэ зэрыщIэн» жыхуиIэхэм нэсыжу.
Нэхъыжьхэм мыпхуэдэ жыIэгъуэхэр къахьыр: хьэщIэщ уэршэр, щIалэгъуалэ уэршэр, лэгъунэ (псэлъыхъу) уэршэр, хъыджэбз хьэщIэ уэршэр, пхъужь уэршэр, удж уэршэр, нэгъуэщIхэри. Зы псалъэкIэ жыпIэмэ, уэршэрым мыхьэнэ нэхъыщхьэу иIар псалъэм уриджэгуфынрат, абыкIэ уэршэрэгъур къыдэпхьэхынрат.
Пащты (Мыжей) Мадинэ, филологие щIэныгъэхэм я кандидат.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2695.txt"
} |
Ар мэпсэу егъэджакIуэу
Мы гъэм илъэс 80 ирикъуащ лэжьыгъэм и ветеран, УФ-м и щIыхь зиIэ егъэджакIуэ Сатушы ФатIимэт Хьэмзэт и пхъур, егъэджэныгъэм илъэс 50 езытар. И ныбжь нэсу пенсым ар зэрыкIуэрэ куэд щIами, нобэ игукIи и псэкIи егъэджакIуэщ, ухуэзамэ, сыхьэт бжыгъэкIэ щылэжьа зэманымрэ иутIыпща еджакIуэхэмрэ тепсэлъыхьыфынущ.
ФатIимэт накъыгъэм и 5-м 1941 гъэм Дзэлыкъуэ лъахэм хыхьэ Къармэхьэблэ къуажэм бынунагъуашхуэм къыщалъхуат. Хэку зауэшхуэр щыщIидзэнум къалъхуа хъыджэбз цIыкIум зауэ нэужь зэманми псэукIэ тынш илъэгъуакъым. И адэр пасэу дунейм ехыжащ. Абы щыгъуэ ФатIимэт илъэс I2; быным я нэхъыщIэ Толэ илъэсибгъу хъууэ арат. Куслъум и закъуэ быний ипIыну и пщэ къыдэхуат. Сабийхэр махуэ къэс еджапIэ нэужьым къэрэкъурэхьэ кIуэхэрт – унэр гъэхуэбэн, пщэфIэн хуейтэкъэ. ФатIимэт цIыкIу еджапIэм къыщIишыжыну Куслъум щытегушхуаи къэхъуащ, апхуэдизкIэ фызабэм и псэр зэпычырти. «Гуэщым щIэз гъэсын зэхуэсхьэсынщ, кхъыIэ школыр хыфIызумыгъадзэ!» - лъэIуащ хъыджэбз цIыкIур. ИкIи, пэж дыдэу, гуэщым щIэз и закъуэ зэхуихьэсат! Зэманыр хьэлъэми, абы апхуэдизкIэ щIэныгъэм гу хуищIати, сытри ищIэну хьэзырт, еджэн папщIэ. Литературэр зыхилъхьэ щыIэтэкъым, нэху щыху уэздыгъэ нэфкIэ тхылъым бгъэдэсыфынут, фэтыджэн лъыпсейр игъэсу. ЕгъэджакIуэ абы къызэрыхэкIынури нэрылъагъут: и классэгъухэм зэджахэр яхуиIуэтэжу, дерсым къащыгурымыIуа гугъухэр къагуригъэIуэжу, экзаменхэм хуигъэхьэзыру якIэрыщIат.
I959 гъэм ФатIимэт еджапIэр къиухри и шыпхъу нэхъыжь Марят здеджэ педагог училищэм щIэтIысхьэну мурад ищIащ. (Напсокъуэ Маряти пэщIэдзэ классхэм илъэс 47-кIэ щылэжьащ). И анэр арэзытэкъым: Марят Налшык щыIэт, мыргуэрыр иутIыпщмэ, дэIэпыкъуэгъуншэу къанэрт. Iуэхум къыхэIэбащ а зэманым еджапIэм и директору лэжьа Къамбий Мухьэб. ФатIимэт и еджэкIар, и гумызагъагъэр зыщIэ Мухьэб ар тригъэгушхуащ вожатэу лэжьэну. Апхуэдэу, пIалъэ кIэщIкIэ щагъэхьэзыр курсхэр къиухри, ФатIимэт егъэджэныгъэм хуэлэжьэн щIидзащ. ИужькIэ, I965 гъэм, апхуэдизу зыщIэхъуэпс педагог училищэр къиухащ. 1964 – 1973 гъэхэм макъамэмрэ домоводствэ жыхуиIэ предметымрэкIэ иригъэджащ, I973 гъэм щыщIэдзауэ езыр зыхуеджам – пэщIэдзэ классхэр иригъаджэу – щIидзащ.
ФIыщIэрэ пщIэрэ хэлъу ФатIимэт топсэлъыхь Къамбий Мухьэб – егъэджакIуэ IэщIагъэм хуэзыша икIи илъэс куэдкIэ зыдэлэжьа цIыху щэджащэм: «Мухьэб уригъусэу зыщIебгъэхыну, мыхъумыщIэу улэжьэну уи нэгу къыщIумыгъэхьэххэт! Ар езыр сыт хуэдэ унафэщIт! Сыт хуэдэ лэжьакIуэт! «ЕгъэджакIуэхэм я егъэджакIуэж» жысIэнт абы щхьэкIэ. Игури и псэри еджапIэм, егъэджэныгъэм, гъэсэныгъэм етат. Псом япэ школым къыдыхьэрт, псом я ужькIэ дэкIыжырт. Дэри ди лэжьыгъэм демыгугъуу къытхуидэртэкъым. Куэдри къыпщытхъунутэкъым. ФIыи, Iеи – абы щыббзыщIыфыни щыIэтэкъым. ЕгъэджакIуи, еджакIуи – абы зи Iуэху зыIут имыщIэ некIуалIэртэкъым. Зи Iуэху хуэмыхъуми дэIэпыкъуну хьэзырт».
ФатIимэт егъэджакIуэу лэжьащ жыпIэныр мащIэщ. Ар егъэджакIуэу псэуащ. Япэ эксперементальнэ гупхэм щыщт абы ейр – ещанэ классым къикIхэри ахэр етхуанэм кIуат. Иригъэджахэм ящыщу цIыху 25-м дыщэ медалкIэ къаухащ. Ахэм ФатIимэт тынш дыдэу топсэлъыхь, нэгъуэщIу щытын хуеяуи ищIэркъым. «Пщэдджыжьым еджапIэм сынэсу си сабийхэм я нэм сыщIэплъамэ, гукъеуэу сиIэр сщыгъупщэрт. Лэжьыгъэр къызэхъулIэрт. Си ехъулIэныгъэхэм я щэхумкIэ къыщызэупщIкIи, къызгурыIуэртэкъым. Сэ сфIэфIу сылэжьа къудейуэ аращ…»
Илъэс куэдкIэ ФатIимэт Дзэлыкъуэ лъахэм пэщIэдзэ классхэр щезыгъаджэхэм я методикэ зэгухьэныгъэм и унафэщIу щытащ. Абы итха лэжьыгъэхэмрэ чэнджэщхэмрэ егъэджакIуэ щIалэхэм къахуэщхьэпэт.
Зы илъэс къэмынэу щыщхьэуIум екIуэкI совещанэхэм къыщыпсалъэрт.
Аттестацэ къэпщытакIуэхэм яхэту ар здэмыкIуа еджапIэ куейм иткъым.
ПIалъэ кIыхькIэ еджакIуэхэр тэмэму зэрыригъэджам, зэригъэсам къыпэкIуэу, Сатушы ФатIимэт мызэ-мытIэу фIыщIэгуапэ тхылъхэр къыхуагъэфэщащ: ВЛКСМ-м и обкомымрэ профсоюзым и обкомымрэ къабгъэдэкIыу (1970); РСФСР-м и щIэныгъэмкIэ Министерствэм просвещением къыбгъэдэкIыу (I984)
ФатIимэт зыпэрыт лэжьыгъэм имызакъуэу, къуажэ гъащIэм жыджэру хэта цIыхущ. Къуажэдэсхэм къабгъэдэкIыу ар хахащ щIыпIэ самоуправленэм депутату.
Зи гугъу сщIа псоми къыдэкIуэу ар икIи унэгуащэ щапхъэт, и быниплIыр – Iэуес, Iэсият, Ахьмэд, Назирэт - фIыуэ зылъагъу, зыхуей хуэзыгъазэ анэ емышыжт. Бынхэри гъэсауэ, зыхэтым хэзагъэу къэтэджахэщ – я адэ Хьэбашэрэ я анэ ФатIимэтрэ щIэукIытэн щхьэусыгъуэ зэи иратакъым.
Пенсым зэрыкIуэрэ ФатIимэт зы махуэ Iуэхуншэу щысакъым: и къуэрылъхухэр къыдэIэпыкъуурэ, компьютерымкIэ лажьэу зригъэсащ. Усэхэр етх. Куэд йоджэ. И бынхэмрэ ахэм я быныжхэмрэ хузэфIэкIымкIэ ядоIэпыкъу.
Къэшэж Людмилэ, Къармэхьэблэ къуажэ
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2696.txt"
} |
«Кинор гъащIэм хуэдэу, гъащIэр кином хуэдэу»
Аращ ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым жэпуэгъуэм и I2-м къыщызэIуаха выставкэм фIащар. Абы щагъэлъэгъуэнущ Урысейм и сурэттех, сурэтыщI икIи журналист Гневашев Игорь и лэжьыгъэ гъэщIэгъуэнхэр.
Гневашев Игорь (I936-20I6 гъгъ.) - Урысейм и журналистхэми кинематографистхэми я Зэгухьэныгъэхэм хэтщ, «Золотой глаз России» саугъэтым и лауреатщ, дуней псом и мастер нэхъыфI дыдэу «Фотоэкспедиция» инджылыз зэгухьэныгъэм къилъыта сурэттеххэм ящыщщ. «Советский экран», «Советский фильм» журналхэм папщIэ абы сурэтхэр илъэс 20-м нэблагъэкIэ трихащ. Апхуэдэу режиссёр цIэрыIуэхэу Бондарчук Сергей, Тарковский Андрей, Рязанов Эльдар, Шукшин Василий, Михалков Никитэ, Гайдай Леонид, Соловьев Сергей, нэгъуэщI куэдми я фильмхэр щытрахым хэлэжьыхьащ. Абы фильмхэм щытриха сурэтхэр иужькIэ гъуэзэджэу къалъытэ.
Гневашевым и лэжьыгъэхэр Прагэ, Кисловодск, Светлогорск, Витебск, Владикавказ, Грознэ, Архангельск, нэгъуэщI щIыпIэ куэдым щагъэлъэгъуащ, цIыхухэм щIэщыгъуэ икIи гъэщIэгъуэн ящыхъуу.
Сурэттехым и щхьэгъусэ Буровэ Людмилэ и фIыщIэщ Игорь триха сурэт мин бжыгъэхэр Налшык щагъэлъэгъуэну Iэмал яIэ зэрыхъуар.
Гъэлъэгъуэныгъэр ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым щекIуэкIынущ жэпуэгъуэм и 27 пщIондэ.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2697.txt"
} |
Тыргъэтауэ пэгъунэгъуу
КъБКъУ-м и юридическэ факультетым илъэсым щIигъукIэ щеджауэ, МафIэдз Заирэ и зы махуэ закъуэм псоми зригъэхъуэжащ. «СыздэкIуэу щыта гупжьейхэм къыщыддэлэжьа Къэжэр Борис сыщIэупщIэну ди Къэбэрдей театрым сыщIыхьат. ЕтIуанэ махуэм ар къэпсэлъащ Щукиным и цIэр зезыхьэ театр институтым ягъэкIуа гупым щыщ зым щхьэусыгъуэ гуэркIэ къызэригъэзэжар, абы ипIэкIэ ягъэкIуэнум зэрылъыхъуэр къызжиIэну. Сыхуеймэ, Москва сызэрагъэкIуэнур къыщызжиIэм, Iуэхум иужь сихьащ, - жеIэ Заирэ.
Гамзатов Расул и зы усэ, Гоголь Николай «Вечера на хуторе близ Диканьки» и повестым и зы Iыхьэ, Крылов Иван и «Квартет» шыпсэр игъэхьэзырри, хъыджэбзым и зэфIэкIхэм къедэIуащ абы щыгъуэм КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министру лэжьа Фырэ Руслан.
Махуэ зы-тIу нэхъ дэмыкIыу, МафIэдз Заирэ щыхьэрым «къыщыхутащ», илъэсиплIкIэ еджэну къыпэщылъу. «Театрым и утыку зэ уихьамэ, абы укъиутIыпщыжыркъым, псэкIэ упыщIа мэхъу. Москва дыщыщыIа илъэсхэм зэман куэд щыдгъэкIуащ Вахтанговым и цIэр зезыхьэ театрым. Абы лъагъуныгъэшхуэ хуэсщIащ», - жеIэ актрисэм.
Киномрэ театрымрэ щызэригъапщэкIэ, Заирэ а тIур куэдкIэ зэрызэщхьэщыкIыр къыхегъэщ. «Ди гупым щыщ зыбжанэм фильмым хэтыну Iэмал яIащи, абыхэм нэхъ жаIэфыну къыщIэкIынщ театрымрэ киномрэ ущылэжьэныр зищIысыр. Къэбэрдей-Балъкъэрым дыкъэкIуэжа нэужь, ди телецентрым и зы лэжьыгъэ дыхагъэхьати, пэжыр жыпIэмэ, гугъу дехьащ. Кином щыболъагъу псори: щыщIэныгъэ цIыкIу пIэщIэкIами, зы щIыпIэ деж щебгъэлеями. Театрыр аракъым. Абы и утыкум укъихьэхукIэ, бгъэзащIэ ролыр пхуегъэфIэкIуэнущ. Кином узыхуэарэзыж-узыхуэмыарэзыжым емылъытауэ, а зыкъызэрыщыбгъэлъэгъуам хуэдэу къэнэнущ», - жеIэ иджы ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и актрисэ МафIэдз Заирэ.
Гъунапкъэр дэнэ деж?!
Актёр къэс нэхъыфIу къехъулIэ жанр яIэжщ. ДгъэщIэгъуакъым ди псэлъэгъу актрисэм драмэр нэхъ пэгъунэгъуу зэрыжиIар - театрым и лэжьакIуэ куэдым абы нэхъ трагъащIэ.
- ГушыIэ, драмэ ролхэм узэрелэжьыр зэи зэхуэдэкъым. Драмэм хуэхьэзыр ухъуным зэман нэхъыбэ текIуадэми, сэ сызэреплъымкIэ, гушыIэ спектаклыр къохъулIэныр сыт щыгъуи нэхъ гугъущ, - жеIэ хъыджэбзым. - ГушыIэм и гъунапкъэр пщIэуэ щытын хуейщ, пэшым щIэсыр зэ пхуэгъэдыхьэшхрэ ар уи фIэщ хъужмэ, занщIэу ебгъэлеиныр хэлъщ. Театр институтым къыщыддэлэжьа режиссёр, актёр цIэрыIуэ Любимцев Павел «Ханума» спектаклыр къыщыддигъэувым, Ханума и ролыр къызитауэ щытащ. Абы щыгъуэм сигъэIущащ: «БгъэзащIэ ролыр уипкъми уи псэми пхыгъэкI, абы и гъащIэр ууейм хуэдэу къызыщыгъэхъу», - жиIэри.
Драмэ лэжьыгъэм и щэхухэм МафIэдз Заирэ хигъэгъуэзащ гупым я художественнэ унафэщI Ворошиловэ Людмилэ. Распутин Валентин и «Живи и помни» повестым щыщ пычыгъуэ абы къритри, къыдеджа Жыкъуэ Назир и гъусэу игъэхьэзыращ. «Утыкум ситу сыджэгурэ къысщыщIыпарэ къызгурыIуэжыртэкъым. АпхуэдизкIэ си гум хыхьат а пычыгъуэри, Iупхъуэр зэрызэхуащIыжу сыгъат», - игу къегъэкIыж Заирэ.
Ещанэ курсым щеджэу, МафIэдз Заирэ зыхэт гупым дагъэгъэуващ «ЩIакIуэ фIыцIэ» спектаклыр. Абы ар бажэу щыджэгуащ. КъыкIэлъыкIуэу, Шиллер Фридрих и «Коварство и любовь» драмэм Леди Мельфорд и ролыр щигъэзэщIащ, мы зэманым Бунин Иван и рассказхэмкIэ зэхагъэува «Грамматика любви» спектаклым, «ШыкъумцIий» псысэм щоджэгу.
Къэбэрдей театрым иужьрей дыдэу игъэувахэм ящыщщ югослав драматург Нушич Бранислав «Доктор философии» и пьесэм къытращIыкIа «Диплом» спектаклыр. Абы МафIэдзым Сойкэ и ролыр щегъэзащIэ. «Ар апхуэдэу лэжьыгъэшхуэкъым, ауэ ролыр щыцIыкIум и деж утыкум укъихьэу цIыхум я гум укъинэжын щхьэкIэ, уегугъупхъэщ. Уеблэмэ роль нэхъыщхьэ зыIыгъхэм нэхърэ нэхъыбэж пхуэщIэн хуейщ, - жеIэ Заирэ.
Джульеттэ хьэмэ Тыргъэтауэ?
Актрисэр щIохъуэпс Къэбэрдей театрым IутIыж Борис и «Тыргъэтауэ» пьесэр щагъэувыжыну. Дехьэх Медея, Филумена Мартуранэ я ролхэм хуэди игъэзэщIэну.
- Сэ Джульеттэ е Дездемонэ хуэдэхэм сапэжыжьэщ. Зи гугъу сщIыр романтикэ теплъэ зиIэхэм си хьэлкIи цIыху щIыкIэкIи сатемыхуэу къызэрыслъытэрщ. Нэхъыбэу лIыхъужьыгъэ зыхэлъ, сыт хуэдэ къаруми пэщIэтыф, дунейр «зэрагъэдзэкIыну» зыхузэфIэкI цIыхубзхэм я ролхэрщ нэхъ спэгъунэгъур, - дыщIегъу актрисэм.
БАГЪЭТЫР Луизэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2698.txt"
} |
Нобель и саугъэтым и лауреат
1952 гъэм мэкъуауэгъуэм и 7-м Истамбыл къыщалъхуа Памук Орхьэн дунейм щынэхъ тхакIуэ цIэрыIуэхэм ящыщщ. Абы Тыркум, Германием, Франджым, Америкэ Штат Зэгуэтхэм литературэмкIэ я саугъэт бжыгъэншэхэр къихьащ, ауэ псом ящхьэж хъуащ 2006 гъэм Нобель и саугъэтыр къызэрыхуагъэфэщар. Тырку къэралыгъуэм щыщу а саугъэт лъапIэ дыдэр япэу зратар Памукщ, ныбжькIэ щIалэу апхуэдэ лъытэныгъэ лъагэ зыгъуэтахэми ар ящыщ зыщ.
Памук Орхьэн и IэдакъэщIэкIхэр бзэ 63-кIэ зэрадзэкIащ, щIыналъи 100-м щIигъум абы и тхылъхэр мелуан I3 нэхърэ нэхъыбэу къыщыдагъэкIащ. Америкэм къыщыдэкI «Тайм» («Time») журналым 2006 гъэм къызэригъэлъэгъуамкIэ, Памук Орхьэн хабжащ Iулыдж нэхъ ин дыдэ дуней псом щызиIэ цIыхуищэм.
Хэкур залымыгъэкIэ ирагъэбгынэу Тыркум и къухьэпIэбгъур, Измир къалэшхуэм пэмыжыжьэ Манисэ къалэм и Iэхэлъахэр псэупIэ зыхуэхъуа адыгэхэм ящыщщ Памук Орхьэн къыщыхъуа унагъуэр.
Унагъуэр иужькIэ Измир Iэпхъуащ, абы тIэкIурэ щыпсэуауэ, Истамбыл къэIэпхъуэжащ икIи I952 гъэм Орхьэн а къалэм къыщалъхуащ. Абы и адэшхуэри, и адэри, и адэкъуэшри я IэщIагъэкIэ инженерт. Орхьэн и адэр IBM жыхуаIэ американ фирмэшхуэм и къудамэу Тыркум щыIэм и унафэщI нэхъыщхьэу щытащ, и анэри, Шэкурэ гуащэ, унагъуэ лъэрыхьым къыхэкIат – I700 гъэхэм Гирит къуажэм и уалийуэ щыта Ибрэхьим пэшэ и щIэблэм щыщт. И къуэш нэхъыжь Памук Шэукэт Истамбыл дэт Босфор университетым щрегъаджэ, экономикэм и тхыдэмкIэ профессорщ. Памук Орхьэн къыщыхъуа, щапIа унагъуэм и «шыфэлIыфэр» белджылыуэ хыболъагъуэ I982 гъэм тхакIуэм и Iэдакъэ къыщIэкIауэ дунейм къытехьа «Джэудэт бейрэ и къуэхэмрэ» романым. НэгъуэщIу жыпIэмэ, езыр къызыхэхъукIам ещхь зы унагъуэ а тхыгъэм къыщегъэлъагъуэ.
Дуней псом къыщацIыху тхакIуэм и сабиигъуэмрэ щIалэгъуэмрэ щыкIуар Истамбыл и хьэблэхэм щыщу нэхъ бейхэм я тIысыпIэу ялъытэ НишанташыкIэ зэджэращ. Илъэс куэдкIэ Орхьэн щIэхъуэпсащ сурэтыщI Iэзэ икIи цIэрыIуэ хъуну. Апхуэдэ пщIыхьэпIэ-хъуэпсапIэхэм зэщIаIыгъэу ар щIэтIысхьащ унагъуэ бейхэм уасэ хъарзынэ щIату я бынхэр щрагъаджэ Рабырт колледжым. Ар къиуха нэужь, Истамбыл дэт техническэ университетым архитектурэр щадж къудамэми щIэтIысхьат, ауэ архитектори сурэтыщIи зэрымыхъунур щIэхыу къыгурыIуэри, еджапIэм къыпыкIыжащ. Махуэ къэс умыкIуэми хъууэ журналистикэм щыхурагъаджэ институтым щIэтIысхьэжа нэужьщ, Орхьэн тхэн Iуэхум зэман нэхъыбэ хухихыф щыхъуар. А еджапIэ нэхъыщхьэр хъарзынэу къиухри аспирантурэми зрипщытат, арщхьэкIэ щIэныгъэрылажьэ хъуну гукъыдэж иIэтэкъыми а Iуэхури псынщIэу хыфIидзэжащ.
I982 гъэм Памук Орхьэн щхьэгъусэ хуэхъуащ унагъуэ бейм япхъу Тюрегюн Айлин. НысащIэмрэ щауэмрэ зы хьэблэм къыщыхъуауэ фIыуэ зэрыцIыхут. I99I гъэм зэщхьэгъусэхэм хъыджэбз цIыкIу къахэхъуати, абы фIаща Рюйа цIэр Памук и «Тхылъ фIыцIэ» романым къыхахащ. Абы иужькIэ иджыри илъэси I0-кIэ зэбгъэдэсауэ, зэщхьэгъусэхэр зыр зым пэрыуэгъу хуэмыхъун щхьэкIэ зэгурыIуэри, 200I гъэм зэбгъэдэкIыжауэ щытащ, ауэ я хъыджэбзыр зэдапIащ, зэрыгъэбиин, зэрыгъэхамэныр щыгъэтауэ, зэныбжьэгъу пэжу иджы къыздэсым зэхущытщ.
Памук Орхьэн тхэн щыщIидзар I974 гъэращ. I979 гъэм дунейм къытехьауэ щытащ абы и япэ романыр, «КIыфIрэ нэхурэ» зыфIищар, икIи газет гуэрым игъэува литературэ саугъэтыр а тхыгъэм къыхуагъэфэщащ. А романым фIыуэ хэлэжьыхьыжщ, къыщиIэт Iуэхугъуэхэм зригъэужьщ, зригъэубгъури, «Джэудэт беймрэ и къуэхэмрэ» фIэщыгъэцIэр иIэу I982 гъэм къыдигъэкIыжащ, абыкIи нэгъуэщI саугъэт хъарзынэ къихьащ. Абы лъандэрэ сыт хуэдэ тхыгъэ и Iэдакъэ къыщIэмыкIами, саугъэт зэмылIэужьыгъуэхэр къыхуагъэфащэурэ къогъуэгурыкIуэ. I984 гъэм итха «Унэ даущыншэ» романыр франджыбзэкIэ I99I гъэм къыдагъэкIащ, «БыдапIэ хужь» романым (I985) I990 гъэм США-м саугъэт лъапIэ къыщихьащ, «Уэс» политическэ романыр (2002) 2004 гъэм хагъэхьащ а къэралым къыщыдэкIа тхылъ нэхъыфIи I0-м. Апхуэдэу екIуэкIыурэ Памук Орхьэн ящыщ хъуащ дуней псом къыщацIыху, зи тхылъхэр щызэIэпах тхакIуэхэм ящыщ зы.
I998 гъэм къыдэкIа «Сэ си цIэр Плъыжьщ» романыр бзэ 24-кIэ зэрадзэкIащ, апхуэдэуи Ирландием щагъэува литературэ саугъэт нэхъыщхьэри а романым къихьауэ щытащ.
Айова университетым иригъэкIуэкIа щIэныгъэ программэ гуэрым хэту Памук Орхьэн Америкэм щыIащ 1985-1988 гъэхэм. ТхакIуэ щIалэм и зэхэщIыкIымрэ и дуней еплъыкIэмрэ я къэухьыр а курсым апхуэдизкIэ зригъэужьати, езым зэрыжиIауэ «и гъащIэ псом зихъуэжынри абы кърикIуащ». Памук и япэ тхылъым щегъэжьауэ абы и Iэдакъэ къыщIэкIыу хъуар къызэтемыувыIэу цIыхухэм ящэхурт, литературоведхэмрэ критикхэмрэ я щытхъу къахьырт. Абы и романхэр пост-модерн жыхуаIэ лIэужьыгъуэм хабжэр. Хабжэ къудейуэ къэмынэжу, «БыдапIэ хужь», «Тхылъ фIыцIэ», «ГъащIэщIэ», «Си цIэр Плъыжьщ», «Уэс» романхэр а лIэужьыгъуэм и курыхыу, и щапхъэ нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщу къагъэлъагъуэ IэщIагъэлIхэм. Орхьэн и IэдакъэщIэкIхэр «зэрипсыхь» Iэмэпсымэхэм щыщщ дыгъуасэ-нобэ, къухьэпIэ-къуэкIыпIэ, классикэ-иджырей, жьы-щIэ хуэдэ гупсысэ зэпэувхэмрэ еплъыкIэ зэблэухэмрэ. Памук и романхэм лIыхъужь лъэщ куэд хэтщ.
Тырку романым и лъабжьэр Мидхьэт (Хьэгъур) Ахьмэд игъэтIылъамэ, Памук Орхьэн тырку литературэм и къэгъэшыпIэ нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщ зы, иджырей романым и лъабжьэр зыгъэтIылъа икIи зезыгъэужьа тхакIуэу, модернизмкIэ зэджэ лIэужьыгъуэм и лъагъуэхэш хъуауэ плъытэ хъунущ. Памук романист Iэзэу зэрыщытым къыщымынэу, жылагъуэ, лъэпкъ, цIыху зэхэтыкIэ Iуэхухэми холэжьыхь, цIыхум хуэфащэ псэукIэм, хуитыныгъэхэм, демократием къызэщIиубыдэ гурыIуэныгъэхэм йогупсыс икIи и гупсысэхэр щIэныгъэ зэхыхьэхэмрэ журналист зэIущIэхэмрэ щхьэтечу икIи щIэмыщтэжу къыщеIуатэ. Апхуэдэ интервьюхэм ящыщ зым, 2005 гъэм «Das Magazin» журналым (Швейцарием къыщыдокI) и лэжьакIуэм щепсэлъам, Памук Орхьэн къыхигъэщащ Тыркум хыхьэ Анадолэ щIыналъэм «курд мин 30-рэ мелуаным нэблагъэ ермэлырэ щаукIауэ, ауэ апхуэдэ къэхъукъащIэ зэрыщыIар езым фIэкIа зыми хужымыIауэ». Ар зэрыжиIам щхьэкIэ Орхьэн судым иратат, Тырку къэралыгъуэр зыгъэпуд псалъэхэр жиIауэ, пцIы иупсауэ жаIэри. Ауэ иужькIэ судри трахыжащ, къаугъэ къызэрыкIа псалъэмакъри кIуэдыжащ, тхакIуэ цIэрыIуэм апхуэдэ гуэр жиIами ягъэ емыкIауэ, хуагъэгъуа щIыкIэу.
2006 гъэм жэпуэгъуэм и I2-м Памук Орхьэн Нобель саугъэт къратри дуней псом цIэрыIуэ щыхъуащ. Абы и IэдакъэщIэкIхэр зэрадзэкIыурэ къыщыдагъэкIащ хэгъуэгуи I00-м щIигъум. И адыгагъэмрэ адыгэбзэмрэ фIэмыкIуэду, нарт хъыбарыжьхэм, пасэрей адыгэ IуэрыIуатэм, ди лъэпкъ тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэм еджэурэ къэтэджатэмэ, Тхьэм ещIэ абы хузэфIэкIыну щытам и инагъыр!..
Къэбарт Мирэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2699.txt"
} |
Зи лъахэм щыхамэу, нэгъуэщI щIыпIэхэм щылъэщ
Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым 2018 - 2019 гъэхэм щекIуэкI зэхьэзэхуэр мазиплIрэ ныкъуэкIэ зэпагъэуащ. Абы и фIыгъэкIэ Iэмал гъуэзэджэ диIэщ иджыри къэс зэхэта зэIущIэхэм къарикIуахэм гупсэхуу дахэплъэжыну.
Хъарзынэу ирагъэжьат
Бадзэуэгъуэм (июлым) и 25-м зэхаубла Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым 2018 - 2019 гъэхэм щекIуэкI зэхьэзэхуэр «Спартак-Налшыкым» хъарзынэу иригъэжьащ икIи Осетие Ищхъэрэ - Аланием и къалащхьэм «Спартак-Владикавказ»-р щыхигъэщIащ. Пэжщ, махуитху дэкIри, осетинхэр Налшык къыщеблэгъащ икIи къэралым и кубокыр къэхьыным ехьэлIа зэпеуэм и пэублэ Iыхьэм «ялъ щащIэжащ», хэгъэрейхэм бжыгъэшхуэкIэ ефIэкIри.
Абы щыгъуэм къытщыхъуащ мылъкур хуабжьу къызэмэщIэкI «Спартак-Налшыкым» и унафэщIхэр бзаджагъэм хуэкIуауэ икIи зэхьэзэхуитIым зэуэ зэрыхэмытыфынум къыхэкIыу езыхэр хуейуэ иужьым зыкъыхрагъэхуауэ. А гупсысэр мыпэжыщэу гурыщхъуэ дигъэщIащ махуэ зыщыплI нэхъ дэмыкIыу къытхуэкIуа Мэхъэчкъалэ и «Легион Динамо»-м ди щIалэхэр зэрыпэмылъэщам. АрщхьэкIэ Дон Iус Ростоврэ Краснодаррэ текIуэныгъэхэр къыщахьауэ къыщекIуэлIэжым дысэбырыжащ. Уеблэмэ къызэрытфIэIуэхущаи щыIэкъым, «Урожай»-м очкоищ зыIэригъэхьауэ ди къалащхьэр щибгынами. ТщIэрт зэхэщэщэжа «Кубань»-м и пIэкIэ Краснодар къыщызэрагъэпэща командэщIэм къалэнышхуэхэр зэрыхуагъэувар икIи Къалмыкъ Амур я пашэу абы адыгэ щIалэ зыбжанэ ехъулIэныгъэкIэ зэрыщыджэгур.
Пэж дыдэуи, адэкIэ къыщыпэщылъа джэгугъуитIыр «Спартак-Налшыкым» хъарзынэу нэгъуэщI щIыпIэхэм къыщрихьэлIащ: Астрахань «Волгарь»-м къыщыпикIуэтакъым (2:2), Дон Iус Ростов СКА-р щыхигъэщIащ (1:0).
ДыщэкIым ди гур ирихри…
ФокIадэм (сентябрым) и 22-м Налшык къеблэгъащ ди лъахэгъу ДыщэкI Хьэзрэт зи тренер нэхъыщхьэ Новороссийск и «Черноморец»-р. Адыгэ щIалэм и гъэсэнхэр сыт щыгъуи зэрылъэщыр тщIэрт (новороссийскдэсхэр абы зэгуэр премьер-лигэм хишауэ щытащ), ауэ «Спартак-Налшыкри» къимыкIуэтыну къытщыхъурт. АрщхьэкIэ…
«Черноморец»-р къазэрытекIуар апхуэдизу зыхащIауэ арами, адэкIэ я Iзагъыр пэмылъэщами хэт ищIэн, ауэ къыкIэлъыкIуа джэгугъуищри ди щIалэхэм къайхъулIакъым икIи зы очко закъуэ Ингушым кърашауэ аращ. Абы щыгъуэми «Биолог-Новокубанск»-р Налшык къыщытекIуащ. КъыкIэлъыкIуэу япэ дыдэу хамэ щIыпIэм мы зэхьэзэхуэм къыщыхагъэщIащ: иджыри къэс зыри къызэремыфIэкIар иригъэкъужу «Чайка»-м топитху зэуэ я гъуэм къыхудигъэкIащ, жэуап иратыжыну Iэмал гуэри кърамыту.
Зэм заIэтырт, адрейм кIуэцIрыхурт
0:5-уэ укъыхагъэщIа иужькIэ, махуиплI фIэкIа дэмыкIауэ 5:1-уэ утекIуэжыфыныр лIыгъэ пэлъытэщ. Апхуэдэ зыхузэфIэкIар Испанием и «Барселона» командэ цIэрыIуэхэм хуэдэ закъуэтIакъуэращ. Хьэлэмэтращи, «Спартак-Налшыкми» къехъулIащ. Песчанокопскэм къыщыхудагъэкIа жэуапыншэ топитхум къигъэIэла ди щIалэхэм я губжьыр я къуэшхэм тракъутащ - Мейкъуапэ и «Дружба»-м апхуэдиз дыдэрэ и гъуэр къащтащ.
Аргуэрыжьти, гугъэхэр къэщIэрэщIэжащ. АрщхьэкIэ, тхьэмахуэ дэкIри, дыпэмыплъэххауэ, Ставрополь къыщыхагъэщIащ. Иджыри къэс иужь дыдэ увыпIэм щыта хэгъэрейхэр зытрагъакIуэри, ахэр зымащIэкIэ турнир таблицэм къыщаIэтащ. Апхуэдэ дыдэ «Iуэхутхьэбзэ» зэпеуэр щызэпагъэу дыдэм хуащIащ Дон Iус Ростов къикIа «Академия»-м и футболист ныбжьыщIэхэми. Арати, езыхэри топджэгум Къэбэрдей-Балъкъэрым щыдихьэххэри гуитI-щхьитI ящIауэ зыгъэпсэхуакIуэ зэбгрыкIыжащ. Иджы «Спартак-Налшыкым» и зэфIэкIыр щытлъагъунур гъатхэпэм (мартым) и кIэухращ.
«Спартак-Налшыкым» дэщIыпхъэщ. Сыт хуэдэу щытми
«Спартак-Налшыкым» и тренер нэхъыщхьэу щыта Биджиев Хьэсэнбий Курск къалэм ирагъэблэгъа иужькIэ, ар зыхъуэжа Трубицин Сергей нэрылъагъуу тегъэщIапIэ ищI хъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщалъхуа икIи зыщызыгъэса футболистхэр. Ди командэм уэру къыхыхьэу хуежьащ адыгэ, балъкъэр щIалэгъуалэр - арат абы и къалэн нэхъыщхьэу сыт щыгъуи щытын хуейри. НэгъуэщIу щIыщытын щыIэкъым. «Спартак-Налшыкым» и закъуэщ зыкъыщагъэлъэгъуэну Iэмал щаIэр ди республикэм щылажьэ футбол школхэм я гъэсэнхэм. Апхуэдэ гъуэгу ямыIэнумэ, ахэр щIагъэсэни щыIэкъым, зэманрэ мылъкурэ куэду трагъэкIуадэу.
Мылъкум теухуауэ. «Спартак-Налшыкыр» премьер-лигэм къызэрыхагъэкIыжрэ ар и гукъеуэ нэхъыщхьэу сыт щыгъуи щытщ. ЗэманыфIым махуэ къэс ику иту сом мелуаным щIигъу ди командэм трагъэкIуадэу щытамэ, иджы илъэс псом хухахыфыр абы и Iыхьэ пщIанэми нэсыркъым. АрщхьэкIэ ари мащIэкъым, цIыхухэм я псэукIэр къэплъытэмэ, икIи тэмэму зэгъэзэхуэн хуейуэ аращ. Абы папщIэ мылъкур хамэм ирамыгъэшхыу ди щIалэщIэхэм я зыужьыныгъэхэм хэлъхьапхъэщ. ИтIанэщ Мырзэ Резуан, Бырхьэм Къантемыр, Щауей Алихъан сымэ хуэдэхэр командэ лъэщхэм щыхэдгъэхьэфынур.
Стадионыр щIэнэщIыр
ЦIыху мин 14-рэ 200-рэ зэрыхуэ Налшык и «Спартак» стадионыр зэIущIэхэр щекIуэкI махуэхэми щымщ. Щхьэусыгъуэр мащIэ дыдэ фIэкIа къызэремыкIуалIэращ. ЦIыхуи 150-200! Абы нэхърэ куэдкIэ нэхъыбэ кIэлъоплъ Къэбэрдей-Балъкъэрым и чемпионатым хыхьэ языныкъуэ зэIущIэхэм. Сыт-тIэ щхьэусыгъуэр? Топджэгум дихьэххэм набдзэгубдзаплъэу зэрадэмылажьэращ. Пэжщ, премьер-лигэм щыхэта илъэсхэм ахэр хэпщIыкIыу щигъэкIащ. Мэзкуу и ЦСКА, «Спартак», «Локомотив», «Динамо», Санкт-Петербург и «Зенит», Къэзан и «Рубин» командэхэм хуэдэхэр къакIуэурэ Европэм, дуней псом щыцIэрыIуэ футболистхэр дагъэлъагъужыркъым. Абы къэгъазэ иIэжу къыщIэкIынукъым, топджэгур мылъку зэдэжэ зэрыхъуам икIи апхуэдэм дызэрыхэтын зэфIэкI дызэримыIэм къыхэкIыу. АрщхьэкIэ зыщыдгъэгъупщэн хуейкъым дэ, псом япэрауэ, стадионым дыщIэкIуэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр зыхъумэ ди щIалэхэр тедгъэгушхуэну арауэ зэрыщытыр. ГурыIуэгъуэщ, интернетым апхуэдизу лъэщу зиужьащи, уи унэм ущIэсу сыт хуэдэ зэIущIэми уеплъыфынущ. АрщхьэкIэ уи нэкIэ плъэгъуам, абы узэрыхэтам пэпщIыфын щыIэкъым.
НобэкIэ зэIущIэм еплъыну къакIуэ цIыхуи 150-200-м щхьэкIэ стадион бгъэлэжьэну емыкIущ. Топджэгум дихьэххэр абы къызэрепшэлIэфыну Iэмалхэр щымыIэу аракъым, атIэ хищIыкIыу, гудзакъэ иIэу Iуэхум елэжьын къыхамыхыфуращ. Армырами, сыт щыгъуи нэщI стадионым пщIэншэу ибгъэхьэ щIэмыхъунур сыт сабийхэр, студентхэр, спорт школхэм зыщызыгъасэхэр, пенсэм щысхэр, «Спартак-Налшыкым» зэгуэр щыджэгуахэр? Абыхэм гъусэ яхуэхъунущ тумэнитхур ихьэпщIэу къызэмыхьэлъэкIыну я благъэхэр, ныбжьэгъухэр, гъунэгъухэр.
Налшык и «Спартак» стадионыр зэрынэщIыр зыкъомкIэ и зэранщ ди футболистхэм хамэу я лъахэм зыкъызэрыщалъытэжыр. КърикIуэри нэрылъагъущ: мы зэхьэзэхуэм щыщу я деж щрагъэкIуэкIа зэIущIи 7-м къриубыдэу «Спартак-Налшыкыр» 2-м щытекIуауэ аращ. НэгъуэщI щIыпIэхэм ди командэр хуэдитIкIэ щынэхъыфIащ. Абы куэдым урегъэгупсыс.
Турнир таблицэм къызэригъэлъагъуэщи, зэхьэзэхуэм бжьыпэр щызыIыгъхэр я стадионхэм щытрагъэгушхуэурэ зи очко бжыгъэм хэзыгъахъуэхэращ. «Чайка»-ри, «Урожай»-ри, «Волгарь»-ри я деж зэи къыщыхагъэщIакъым икIи яхуэфащэу япэ увыпIищыр зэрапхъуащ. Налшык щафIэкIуэда очко 14-р яIэжатэмэ, ди щIалэхэри абыхэм яхэтыфынут.
Гъуащхьауэхэм я зэпеуэм
Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым 2018 - 2019 гъэхэм щекIуэкI зэхьэзэхуэм щыгуащIэщ гъуащхьауэхэм я зэпеуэр. Абы бжьыпэр щызыIыгъыр адыгэ щIалэхэращ.
Зыкъомрэ пашэныгъэр иутIыпщакъым «Спартак-Налшыкым» и пашэ Мэшыкъуэ Хьэчим. ИужькIэ ар къызэринэкIащ премьер-лигэм хэт Мэхъэчкъалэ и «Анжи»-м Краснодар и «Урожай»-м бэджэнду ирита ди лъахэгъу Къалмыкъ Амур. Зыхэта зэIущIэ 15-м абы топи 10 и хьэрхуэрэгъухэм щахудигъэкIащ. Гъуащхьауэхэм я зэпеуэм Хьэчим иджыпстукIэ щыеплIанэщ.
Псори зэхэту «Спартак-Налшыкым» щыщу футболисти 10 мы зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIащ. Мис ахэр: Мэшыкъуэ Хьэчим топи 6 дигъэкIащ (зэIущIэ 14-м хэтащ), Бацэ Къантемыр - 4 (13), Бажэ Амир - 4 (16), Мэшыкъуэ Ислъам - 3 (9), Шаваев Магомед - 2 (7), Хьэгъур Къантемыр - 1 (5), Ольмезов Артур - 1 (8), Тебэрды Тимур - 1 (10), Машэжь Ратмир - 1 (15), Салахетдинов Инсар - 1 (15).
НэхъыфIым дыпэплъэу
Зэхьэзэхуэр зэрызэпагъэуа зэман кIыхьым къриубыдэу «Спартак-Налшыкым» зэхъуэкIыныгъэфIхэр щыщыIэну догугъэ. Псом япэрауэ ар ехьэлIащ мылъкукIэ къызэгъэпэщыным. Иужь илъэсхэм а Iуэхур екIакIуэ зэпытщ икIи гъэ къэс ахъшэу трагъэкIуадэм хагъэщIурэ къокIуэкI. Иджы республикэм и унафэщIхэр щахъуэжакIэ абы и лъэныкъуэкIи гугъэфIхэр щыIэщ.
«Спартак-Налшыкыр» куэд щIауэ пщIэрэ щIыхьрэ зиIэ гупщ. Абы хуэфащэщ япэ дивизионым нэхъ мыхъуми зыкъыщигъэлъэгъуэну - иджыпстукIэ зыхэтыр лъахъшэIуэщ. Дыщыгугъынщ нэхъапэм зыкъыщIэзыгъакъуэу щытахэм къагъэзэжу командэм и мыхьэнэр къаIэтыжыну.
Жыласэ Заурбэч.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "27.txt"
} |
Кавказ Ищхъэрэм и курортхэм зыужьыныгъэщIэ ягъуэтынущ
Мазаем и 14 - 15-хэм Сочэ къалэм щекIуэкIа инвестицэ зэхыхьэшхуэм нэхъ зыубгъуауэ хэтахэм ящыщщ «Кавказ Ищхъэрэм и курортхэр» акционер зэгухьэныгъэр. Абы къыхилъхьа проект нэхъыщхьэхэр теухуащ «Архъыз», «Iуащхьэмахуэ», «Ведучи» курортхэм 2019 - 2021 гъэхэм зегъэужьыным.
Шэшэн Республикэм щыIэ «Ведучи» курортым и инвестицэ проектхэм япкъ иткIэ зи фIагъыр «вагъуищ» хъу хьэщIэщ, унагъуэ щхьэхуэхэм зыщагъэпсэхуну унэ мыинхэр, апхуэдэу хьэщIэщ цIыкIухэр ящIын хуейщ, псори зэхэту цIыху 750-м ятещIыхьауэ. Апхуэдэу абы хэтынущ хьэщIэу зэуэ 150-рэ щызэхуэсыфын центр. Мы проектхэм сом мелард 1,6-рэ хуэдиз текIуэдэну къабжащ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и «Iуащхьэмахуэ» курорт-рекреацэ комплексым зегъэужьынымкIэ етIуанэ лъэхъэнэм хиубыдэу уней инвесторхэм хуагъэлъэгъуащ бгы-лыжэ, сату инфраструктурэм хиубыдэ ухуэныгъэхэр, сыхьэт къэс цIыху мини 3 къезышэкIыфын кIапсэ гъуэгу, зи фIагъкIэ «вагъуитI» - «вагъуитху» хъу хьэщIэщхэр, унагъуэ щхьэхуэхэм зыщагъэпсэхун унэхэр, ресторанхэр, спорт хьэпшыпхэр щащэ тыкуэнхэр. Псори зэхэту а ухуэныгъэхэм сом мелард 21-м щIигъу текIуэдэнущ.
Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм щыIэ «Архъыз» турист-рекреацэ комплексым хиубыдэу инвесторхэм яухуэ хъунущ километри 3 зи кIыхьагъ, сыхьэт къэс цIыху 1200-рэ къезышэкIыфын кIапсэ гъуэгу, лыжэкIэ къыщажыхь гъуэгуу абы егъэщIылIахэр, метр 3170-рэ зи лъагагъ Абиширэ-Ахубэ бгым тет ресторан. Апхуэдэу инвесторхэм хуагъэлъэгъуащ курортым хиубыдэ Дуккэ турист къуажэм зегъэужьыныр, абы псори зэхэту цIыху мини 7-м щIигъу зыщIэхуэну иджырей комплексхэр щыщIыныр. А инвестицэ лотхэм сом мелард 18,2-рэ хуэзэнущ.
«Мы гъэм дэ инвесторхэм яхуэдгъэлъэгъуащ курорту щым - илъэс япэкIэ къызэIуаха «Ведучи» курортым, илъэситху лъандэрэ тэмэму лажьэ «Архъыз» курортым, ди хэкум и бгы-лыжэ спортым зегъэужьыным зи тхыдэр лIэщIыгъуэ ныкъуэ лъандэрэ пыщIа «Iуащхьэмахуэ» курорт цIэрыIуэм щрагъэкIуэкI хъуну ухуэныгъэхэр», - жиIащ «Кавказ Ищхъэрэм и курортхэр» акционер зэгухьэныгъэм и генеральнэ директор ТIымыжь Хьэсэн.
УнафэщIым къыхигъэщхьэхукIащ проектхэр къыщыхахым ябгъэдэлъ зэфIэкIымкIэ зэхуэмыдэ инвестор псори зыпэлъэщын лэжьыгъэхэр щыIэн зэрыхуейр. Сом мелуан 500-м нэблагъэ зи уасэ, текIуэдар илъэсищым иужькIэ къэзылэжьыжыфыну ухуэныгъэхэр зытращIыхьар езы щIыналъэхэм щыIэ бизнесырщ, абы нэхърэ нэхъ лъапIэхэр икIи текIуэдар илъэси 7-м иужькIэ къэзылэжьыжыфыну хьэщIэщхэмрэ текIуэдар илъэс 12-м иужькIэ къэзылэжьыжыфыну ухуэныгъэхэу бгы-лыжэ инфраструктурэм хиубыдэхэр федеральнэ инвесторхэм, финанс гупхэм ятещIыхьащ. «Абы къыхэкIыу дэ дыщогугъ Кавказ Ищхъэрэ турист кластерым и проектхэр гъэзэщIэным уней инвестору нэхъыбэ къыхыхьэну, апхуэдэу щыщыткIэ, бюджет инвестицэхэри нэхъ пасэу къэлэжьыжа хъуну»,- жиIащ абы
ТIымыжь Хьэсэн къыхигъэщхьэхукIащ мы лэжьыгъэхэр езыгъэкIуэкIынухэм - экономикэ щIыналъэ хэхам и статус зрата инвестор псоми законодательствэм щыубзыхуа льготэхэр зэратехуэр. Абыхэм ящыщщ экономикэ щIыналъэ хэхам хиубыдэу абыхэм пщIэншэу инженер-техникэ сетхэм зыпащIэ зэрыхъунур, щIы Iыхьэхэр ставкэ нэхъ гъэмэщIахэмкIэ зэман кIыхьым тещIыхьауэ бэджэнду зэрыратынур, налогхэм я лъэныкъуэкIэ зэрыхудачыхынур. Экономикэ щIыналъэ хэхам щагъэзэщIэну проектхэр псоми я фIыщIэкIэ процент 20 - 30-кIэ нэхъ пуду щытынущ.
Фигу къэдгъэкIыжынщ Кавказ Ищхъэрэм хиубыдэ турист-рекреацэ экономикэ щIыналъэ хэхахэм я резиденту 34-рэ зэратхар. Зи заявкэхэр эксперт советым къыхиха компаниеу аргуэру тIум апхуэдэ статус иратынущ, зыхуеину тхылъымпIэхэр хьэзыр хъуа нэужь. Экономикэ щIыналъэ хэхахэм я резидентхэм псори зэхэту проектхэм трагъэкIуэдэнущ сом мелард 24,4-рэ.
«Кавказ Ищхъэрэм и курортхэр» акционер зэгухьэныгъэм и пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "270.txt"
} |
Прохладнэ-Елъхъуэт гъуэгур зэрагъэпэщыж
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек щыIащ Прохладнэ-Елъхъуэт гъуэгум щыщу километри 9,4-рэ щызэрагъэпэщыж щIыпIэм. Зи гугъу тщIы автомобиль зекIуапIэм зэпещIэ республикэм и Прохладнэ, Май щIыналъэхэр.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, КIуэкIуэ Казбек, мы гъэм и мэкъуауэгъуэм а районитIым зэрыщыIам къыпэкIуэу, унафэ ищIат зи гугъу тщIы гъуэгум щыщу ди республикэм пхрыкI Iыхьэр зэгъэпэщыжын зэрыхуейм ехьэлIауэ. Федеральнэ проектхэм я Iэмалхэр къагъэсэбэпкIэрэ, а лэжьыгъэм текIуэдэну мылъкур шыщхьэуIум и кIэм ди республикэм къыIэрыхьащ.
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек а щIыпIэм щригъэкIуэкIа зэIущIэм хэтащ республикэм транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министр ДыщэкI Аслъэн, лэжьыгъэм егъэщIылIа IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэр. Зэхыхьэм щытепсэлъыхьащ зэращIылIа зэгурыIуэныгъэм тету лэжьыгъэр щаухын хуей пIалъэмрэ иджырей технологиещIэу къагъэсэбэпхэм япкъ иткIэ гъуэгущIэм иIэн хуей теплъэр зыхуэдэмрэ.
Прохладэнэ-Елъхъуэт гъуэгур ящыщщ машинэхэр щыкуэдым. Зы жэщ-махуэм къриубыдэу абыкIэ щызокIуэ автомашинэу мин I4-м нэблагъэ. А гъуэгумкIэ щызэблокI Къэбэрдей-Балъкъэрым и мызакъуэу, Ставрополь крайм, Осетие Ищхъэрэ-Аланием, Ингушым къикIахэри, зэрыщыту къатщтэмэ, Кавказ Ишхъэрэр зыхуеину хьэпшыпхэмкIэ къызэзыгъэпэщ хьэлъэзешэ машинэхэри.
КъБР-м транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министр ДыщэкI Аслъэн зэрыжиIащи, зэрагъэпэщыж гъуэгур хагъэхьащ Урысейм федеральнэ мыхьэнэ зиIэ и магистралхэм, абы къыхэкIыуи зэблэжыпIэ щхьэхуэу плIы иIэнущ, метр 20 и бгъуагъынущ.
Гъуэгум къаруушхуэ зэрырахьэлIэн хуейр гурыIуэгъуэт. Асфальтыжьыр тратхъунщIыкIыу, тракIутапхъэхэр тракIутэжу, асфальт-бетоныр и IувагъкIэ щыуэ зэтралъхьэжын хуейт. Апхуэдэуи, а лэжьыгъэм къыщагъэсэбэпынущ иджырей пщалъэм изагъэ абдж зыхэлъ полимер хъархэр, нэгъуэщIхэри. Лэжьыгъэхэр бжьыхьэми щIымахуэми ирагъэкIуэкIынущ, технологиещIэу къагъэсэбэпхэм гъэм и сыт хуэдэ зэманми уи Iуэхур къомыгъэувыIэну Iэмал къуатри.
IэщIагъэлIхэм зэрыжаIащи, Прохладнэ-Елъхъуэт гъуэгу зэпыщIапIэм щаухуэнущ лъэс лъагъуэхэр, щагъэувынущ автобус къэувыIэпIэхэр, апхуэдэуи, а щIыпIэм щызэрагъэпэщыжынущ лъэмыжитI. Шынагъуэншэу гъуэгур щытын папщIэ, зэпрыкIыпIэщIэхэр ящIынущ, гъуэгу дамыгъэхэр здэщытыпхъэхэм ягъэувынущ. Автомобиль зэжьэхэуэ къыщыхъункIэ хъуну хуагъэфащэ щIыпIэхэм гъущIым къыхэщIыкIа бжыхьхэр щагъэувынурэ, видео-камерэхэри трагъэувэжынущ.
Унафэ къащтащ онлайн Iэмалхэр къагъэсэбэпу, лэжьыгъэр зэрекIуэкIым кIэлъыплъыну, экспертхэми ирагъэлъэгъуну. ЗэIущIэм и кIэухым КIуэкIуэ Казбек жиIащ гъуэгухэр зыхуей хуагъазэмэ, ди щIыналъэм гъунэгъу республикэхэм транзит зэпыщIэныгъэу яхуиIэхэр нэхъыфIу зэрызэтраублэнури, гъуэгум и Iуфэхэм цIыхухэр нэхъ шынагъуэншэу зэрыщызекIуэнури.
Зэман гъунэгъум лэжьыгъэшхуэ къыфпэщылъщ. Федеральнэ лъэпкъ проектхэм я фIыгъэкIэ, 2024 гъэ пщIондэ фщIэни влэжьыни вгъуэтынущ. IэщIагъэлIхэм куэду къывэлъытащ автомобиль зекIуапIэхэр шынагъуэншэу зэрыщытынури. Мы лэжьыгъэр пылъхьэншэу къыдыщехъулIэмэ, дыгугъэ хъунущ нэгъуэщI гъуэгу зэхэкъутахэри зэдгъэпэщыжын папщIэ, дызэхуеину мылъку адэкIи къытхуаутIыпщыну», - жиIащ КIуэкIуэ Казбек, зэIущIэр щызэхуищIыжым.
НАФIЭДЗ Мухьэмэд.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2700.txt"
} |
Хьэлыгъум и махуэ
Нобэ, жэпуэгъуэм и 16-р, ЩIакхъуэм (хьэлыгъум) и дунейпсо махуэщ (World Bread Day). Ар щагъэлъапIэ ЩIы Хъурейм тет къэралхэм я нэхъыбапIэм.
Зи гугъу тщIы Iуэхугъуэм гулъытэ хэха хуэщIынымкIэ япэ дыдэу жэрдэм къыщыхалъхьауэ щытар ЩIакхъуэгъажьэхэмрэ IэфIыкIэ зыщIхэмрэ я къэрал зэхуаку зэгухьэныгъэм 2006 гъэм иригъэкIуэкIа зэхыхьэрщ. Ар жэпуэгъуэм и I6-м щIытрагъэхуар, 1945 гъэм а махуэ дыдэм ООН-м деж ЕрыскъыхэкIхэмрэ мэкъумэш хозяйствэмкIэ гуп щхьэхуэ къыщызэрагъэпэщауэ зэрыщытарщ.
Археологхэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, ди планетэм щIакхъуэхэкIхэр япэ дыдэу ягъэжьэн зэрыщыщIадзэрэ илъэс мин 15-м щIигъу дэкIащ. А Iуэхум щыхьэт техъуэ лъэужь зыбжанэ Курыт Азием къыщагъуэтыжащ. Тхыдэтххэм зэрыжаIэмкIэ, а щIыпIэм деж щыпсэуахэм гуэдзыр зы мащIэ гуэркIэ щагъэщIытэрти, зэхэпща хъуа хукхъуэр мафIэкIэ зэщIагъэплъа мывэ пIащIэхэм тралъхьэрт...
Дызэрыщыгъуазэщи, мы шхыныгъуэр дэнэ щIыпIэкIи, унагъуэ щхьэхуэхэм я деж къыщыщIэдзауэ шхапIэ лъэрызехьэхэм я деж щиухыжу, зыпащI щымыIэм хуэдэу, щагъэхьэзыр, щызэрахьэ, махуэм къриубыдэу зыбжанэрэ щызыIуагъахуэ, сытми дашх. АтIэми, ар Iэнэм къытехутэн ипэ, гъуэгуанэ ин къызэпызыч ерыскъыгъуэщ. Арагъэнущ, абы пщIэшхуэ щIыщIыхуащIыр. Апхуэдэу, ЩIакхъуэм (хьэлыгъум) и дунейпсо махуэм къэрал куэдым зи гугъу тщIы шхыныгъуэм ехьэлIа Iуэхугъуэхэр щрагъэкIуэкI: къызыхащIыкIа, къыщежьа я лъэныкъуэкIэ яфIэтелъыджэу кърахьэлIахэм я жармыкIэхэр къыщызэIуах, я гъэхьэзырыкIэм щыгъуазэ зыщыхуащI зэхыхьэхэр къыщызэрагъэпэщ, щIакхъуэгъажьэхэр щызэрощIэ...
КЪУМАХУЭ Аслъэн.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2701.txt"
} |
ЩIэупщIэ зиIэ IэщIагъэхэр
Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Алътуд Юрэ иджыблагъэ егъэджэныгъэмкIэ Мэзкуу щызэхаша дунейпсо щIэнIуатэм хэтащ. «Крокус Экспо» гъэлъэгъуапIэ унэм къыщызэрагъэпэща зэхуэсыр «ММСО Коннект» хъыбарегъащIэ утым и Iэмалхэр хэлъу пэIудза жыпхъэм итуи ирагъэкIуэкIащ.
Дунейпсо зэIущIэм и лэжьыгъэм хэтащ хамэ къэрал щэщIым щIигъум я лIыкIуэхэр. Егъэджэныгъэм, щIэныгъэм, технологием епха, экономикэмрэ псэуныгъымрэ я зыужьыныгъэм пыщIа, мыхьэнэ зиIэ Iуэхугъуэхэм тепсэлъыхьыну, я Iуэху еплъыкIэхэр утыку кърилъхьэну зэхуэсым хэтащ къэрал къулыкъущIапIэхэм я лэжьакIуэхэр, зи цIэ жыжьэ Iуа еджапIэ нэхъыщхьэхэм я унафэщIхэр, щIэныгъэхутэ институтхэм я IэщIагъэлIхэр, хьэрычэтыщIэхэр, егъэджакIуэхэр, студентхэр, еджакIуэхэмрэ абыхэм я адэ-анэхэмрэ.
ЗэIущIэм кърихьэлIахэм я псалъэмакъыр нэхъыбэу траухуат щIэныгъэмрэ къэралым иригъэкIуэ щIалэгъуалэ политикэмрэ зэрызэлъэIэсым, «Лэжьыпхъэхэр-2030» къэрал программэм къалэн зыщищIыж Iуэхугъуэхэм хэлъхьапхъэ зэхъуэкIыныгъэхэм, дунейр зэщIэзыщта коронавирус узыфэм и лъэхъэнэм кIуэ пэтми егъэджэныгъэм къыщыхалъхьэ робототехникэм и зыужьыкIэ хъуным, еджэныгъэ IэмалыщIэхэмрэ бгъэдыхьэкIэщIэхэмрэ, а IэнатIэм пэIудзауэ щызэдэлэжьэным епха гугъуехьхэр къызэнэкIа зэрыхъуным, уней егъэджэныгъэм и къэкIуэным, нэгъуэщI куэдми.
«IэнатIэм щыпашэхэм щIэныгъэ гуэдзэ зэрагъэгъуэтыным и IуэхукIэ» фIащу къызэрагъэпэща псалъэмакъ щхьэхуэм Алътуд Юрэ хэтащ. Абы къызэрыхигъэщамкIэ, дызыхэпсэукI дунейм IэщIагъэ зэбгъэгъуэт къудейкIэ ирикъуркъым, абдеж ущехъулIэн, зыщыпIэтын папщIэ Iэмалыншэу щIэныгъэ гуэдзи уиIэн хуейщ. «НобэкIэ цIыхум и Iэмалымрэ и зэфIэкIымрэ хэхъуэн папщIэ, щIэныгъэ гуэдзэм узытришэ гъуэгум хуэдэ къэгъуэтыгъуейщ, узыдиш лъагапIэр къызэрымыкIуэу инщ. IэщIагъэ зэзыгъэгъуэт цIыхум дежкIэ хуэгъэIэкIуэлъакIуэ къудеймэ, щIэныгъэ гуэдзэр IэмэпсымэфI хуэдэщ, и Iэмалхэри гъунэншэщ», – жиIащ Алътудым.
КъБКъУ-м и унафэщIым жиIэр зэрыдиIыгъыр къыхэщу «ЭкономикэмкIэ еджапIэ нэхъыщхьэ» щIэныгъэ-къэхутакIуэ университетым и профессор Коршунов Илья къызэхуэсахэм гу лъаригъэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щIэныгъэмрэ егъэджэныгъэмкIэ иужьрей илъэсхэм игъуэт гулъытэмрэ ищI хэхъуэмрэ бгъэщIэгъуэн хуэдиз зэрырикъур. «Урысейм цIэрэ щхьэрэ щиIэу къалъытэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм фIыуэ япэIудзащ КъБКъУ-р. Апхуэдэу щыт пэтми, зэпыу зимыIэу егъэджэныгъэр къызэгъэпэщынымкIэ, щIэныгъэм утыку къищIа къэхутэныгъэщIэхэр абы хэпщэнымкIэ ипэ итхэм ящыщ зыщ. Иужьрей илъэситIыр къапщтэмэ, КъБКъУ-м къыщIэтIысхьэм я бжыгъэр щыкIэ нэхъыбэ хъуащ. Абыхэм яхэтщ езы щIыналъэм щыщхэм я мызакъуэу, Урысейм и щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэми, хамэ къэрал куэдми къикIа щIалэгъуалэр. – жиIащ Коршунов Илья. – КъБКъУ-м тегъэщIапIэ ищIыр еджакIуэм бгъэдилъхьэ щIэныгъэр IэщIагъэм и щIэгъэкъуэн нэсу къэзылъытэ гупсысэрщ. А бгъэдыхьэкIэм фIы куэд къыдокIуэ. Псалъэм и хьэтыркIэ, медицинэм щегъэжьауэ еджэныгъэм щыщIэкIыжу ныбжьыщIэм зэригъэгъуэт щIэныгъэм Iэмалыншэу иджыри а IэнатIэм пэблагъэ е пэмыжыжьэ дыдэу щыт щIэныгъэ гуэдзэри къигъэIурыщIэн хуейщ. Зэрыкъэралу къапщтэмэ, КъБКъУ-м и закъуэщ еджакIуэм а Iэмалыр зэблэмыууэ езытыр, ар къэгъэнауэ, щIэупщIэ щиIэр, еджэну зезыгъэтххэм я бжыгъэр щыхэмыщIыр. Абы къигъэлъагъуэр аращи, япэрауэ, КъБКъУ-м къыщIэкIыр лэжьапIэншэ хъунукъым, етIуанэрауэ, езы еджапIэм жылагъуэр зыхуэныкъуэ унэтIыныгъэхэр иубзыхуф, къихутэф, зэхигъэкIыф зэрыхъуарщ».
Алътуд Юрэ зэрыжиIэмкIэ, щIэныгъэ гуэдзэм епха егъэджэныгъэр зэтрамыублэ щIыкIэ, къэхутэныгъэхэр ирагъэкIуэкIат, IэщIагъэ теухуауэ щIэупщIэ зиIэр зэхагъэкIат, цIыхур зыхущIэкъумрэ щIыналъэр зыхуэныкъуэ IэнатIэхэмрэ зэралъытат. «Къэхутэныгъэм къигъэлъэгъуащ цIыхубэм я процент 30-м щIэныгъэ гуэдзэ щызэрагъэгъуэткIэ, нэхъыбэу зытрагъащIэр абы технологие и лъэныкъуэкIэ хэлъыну фIагъымрэ зэIузэпэщыныгъэр къэгъэщIыным хуэгъэпсауэ зэрыщытымрэщ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, гупсысэм къыфIэкIауэ фейдэ къызыпэкIуэ бизнесыр зэрызэтебухуэн гъуэгур шынагъэ къыхэмыкIыу къызэрызэнэкIыным тещIыхьа щIэныгъэщ щIэупщIэ зиIэр. – жиIащ Алътуд Юрэ. – ЩIэныгъэ гуэдзэ зэзыгъэгъуэтахэм я проценти I0-м я гуращэр къайхъулIащ: яIэ хъуа есэныгъэм и щхьэпэ псоми къекIыжащ, бизнес Iуэхур зэтраублэфащ, уеблэмэ абы зезыгъэубгъуфахэр, къэзыIэтыфахэр мащIэкъым».
Апхуэдэу, зэхуэсым кърихьэлIахэри пэIудзауэ хэтахэри иригумэщIырт узыншагъэр хъумэным теухуауэ щыIэ технологиехэр IэнатIэм зэрыхапщэ щIыкIэм, абы кърикIуэм, псом хуэмыдэу мы коронавирус узыфэм щыхъума хъун папщIэ къызэрагъэпэщ хэкIыпIэхэм.
ЦIыхур зыщIэупщIэмрэ щIыналъэр зыхуэныкъуэмрэ елъытауэ, къэралым зэпыу зимыIэ еджэныгъэ лIэужьыгъуэм зегъэужьын, абы и гугъур нэхъыбэм яхэгъэIуэн зэрыхуейм псори арэзы техъуащ. НобэкIэ а еджэкIэ Iэмалым пхыкIыфащ Урысейм и щIыналъэ 35-р, лъабжьэ быдэ зэрищIынуми шэч зыми къытрихьэжыркъым.
КъБКъУ-м зригъэгъуэта ехъулIэныгъэхэм урысей еджапIэ нэхъыщхьэхэм щапхъэ зэрытрахыфынур, къэралпсо проекту букъуэдий зэрыхъунур, зэпыу зимыIэ еджэныгъэми и гъунапкъэхэм зэрызебгъэубгъуфынур зэхуэсым къыщащта джэпсалъэми хатхащ.
ШУРДЫМ Динэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2702.txt"
} |
ЦIыхубэм я къыщхьэщыжакIуэ
КъБР-м и япэ Президенту щыта КIуэкIуэ Валерэ Мухьэмэд и къуэр къызэралъхурэ илъэс 80 ирокъу
ДызыхуэкIуэ блыщхьэм къызэралъхурэ илъэс 80 ирокъу къэрал, политикэ лэжьакIуэ гъуэзэджэ КIуэкIуэ Валерэ. Абы ирихьэлIэу ди республикэми къэралым и нэгъуэщI щIыпIэхэми зэIущIэхэр, щIэныгъэ-практикэ конференцхэр, гъэлъэгъуэныгъэхэр щокIуэкI. Дэри «Адыгэ псалъэм» и нобэрей къыдэкIыгъуэм и 1-3-нэ напэкIуэцIхэр а хэкулI цIэрыIуэм, цIыхухэм я гум IэфIу къинэжам и гъащIэ гъуэгур зэрырихьэкIам, къыдэлэжьахэм я гукъэкIыжхэм хухэтхащ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и япэ Президент КIуэкIуэ Валерэ Мухьэмэд и къуэр Къэбэрдей-Балъкъэрым хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм 1941 гъэм жэпуэгъуэм и 18-м къыщалъхуащ. Курыт школыр къиуха нэужь, абы агроном IэщIагъэмкIэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызригъэгъуэтащ КъБКъУ-м. Еджэн нэужьым, 1964 гъэм, КIуэкIуэм и IэщIагъэмкIэ лэжьэн щыщIидзащ Бахъсэн куейм щызэхэт «Трудовой горец» колхозым. 1970 гъэм Мэкъумэш хозяйствэм и экономикэмкIэ союзпсо щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и аспирантурэр Москва къыщиухри ар лэжьакIуэ ирагъэблэгъащ КъБАССР-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм и къудамэм и унафэщIу, иужькIэ «Лэскэн» совхозым и директор ящIащ.
1974 гъэм къыщыщIэдзауэ илъэси 9-кIэ КIуэкIуэ Валерэ Аруан щIыналъэм и Iэтащхьэу лэжьащ. А лъэхъэнэм наIуэ къэхъуащ IэщIагъэлIым хэлъ зэфIэкI лъагэхэр, Iуэху зехьэкIэ пэрытыр. УнафэщI щыпкъэм, лэжьыгъэм и къызэгъэпэщакIуэ IэкIуэлъакIуэм и нэIэм щIэт куейр щIэх дыдэу республикэм и экономикэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщI щIыналъэ ищIащ, ехъулIэныгъэ лъагэхэр зыIэригъэхьэу.
Къэралыр щытыкIэ гугъум щихуа 90 гъэхэм ирихьэлIэу КIуэкIуэ Валерэ КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Тхьэмадэт. Республикэм къыщыхъуа зэпэщIэувэныгъэр игъэупщIыIун папщIэ, политик Iущым икIи жыжьэрыплъэм хэкIыпIэхэр къигъуэтащ. Ар и къулыкъум текIащ, жылагъуэ Iуэхур и щхьэ закъуэ Iуэхум япэ иригъэщри. АрщхьэкIэ мази 4 нэхъ дэмыкIыу, ди республикэм и цIыхубэм политик цIэрыIуэм, къэрал лэжьакIуэ пашэм аргуэру и дзыхь иригъэзащ: КIуэкIуэ Валерэ хахащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и япэ Президенту.
Акъылышхуэ зыбгъэдэлъ политик Iущым хузэфIэкIащ жылагъуэр зэрыхуа щытIыкIэ хьэлъэм къришу щIыналъэм зэпIэзэрытыныгъэр щызэтриублэжын, лъэпкъ зэпэщIэувэныгъэрэ лъы гъажэрэ Iуэхум къыхимыгъэхьэу. Республикэм щыпсэу цIыхухэм яку дэлъ зэхущытыкIэфIыр гъэбыдэным, абы лъэпкъ зэгурыIуэныгъэрэ зэдэIуэжыныгъэрэ илъыным хущIэкъуащ КIуэкIуэ Валерэ. ЩIыналъэм и экономикэ лъэщагъым хэгъэхъуэным, псэукIэм и фIагъыр къэIэтыным – апхуэдэ Iуэхугъуэхэрщ мычэму зэлэжьар къэрал, жылагъуэ-политикэ къулыкъущIэр. Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм и фIыгъэкIэ зэман кIэщIым къриубыдэу республикэм щытепщэ хъужащ зэгурыIуэныгъэмрэ зэпIэзэрытыныгъэмрэ. Абыхэм дыхуашащ социально-экономикэ ехъулIэныгъэщIэхэр зыIэрыдгъэхьэным.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и япэ Президентыр сыт щыгъуи хущIэкъуащ Урысей Федерацэр гъэбыдэным, хыхьэ щIыналъэхэм щхьэхуитыныгъэ яIэн зэрыхуейри IэщIыб имыщIу. Ди республикэм и къэкIуэну дахэр абы, псом япэрауэ, зыхилъагъуэр и Iыхьэу зыхэт къэралым и лъабжьэр гъэбыдэнырт. Апхуэдэу КIуэкIуэ Валерэ и фIыгъэкIэ ди щIыналъэм экономикэ, щэнхабзэ зэпыщIэныгъэ куухэр хуиIэ хъуащ гъунэгъу республикэхэм, областхэм, крайхэм. Ноби ефIакIуэ а зэдэлэжьыныгъэхэр сэбэп яхуэхъуащ лъэныкъуитIми я социально-экономикэ зыужьыныгъэм.
КIуэкIуэ Валерэ пщIэшхуэ щиIащ Къэбэрдей-Балъкъэрми Урысей Федерацэми. УФ-м ФедерацэмкIэ и Советым и УнафэщIым и къуэдзэу, Къэрал Советым хэту, ар жыджэру хэлэжьыхьащ мыхьэнэшхуэ зиIэ къэрал Iуэхухэр зэфIэхыным, къэрал унафэхэр къэщтэным икIи гъэзэщIэным.
Бгъэдэлъа зэфIэкI лъагэхэм, псэ хьэлэл лэжьыгъэ иным къыпэкIуащ жылагъуэ, къэрал гулъытэшхуэ. КъБР-м, УФ-м я политикэ, экономикэ, щэнхабзэ зыужьыныгъэхэм хуищIа хэлъхьэныгъэр къалъытэри, КIуэкIуэ Валерэ къыхуагъэфэщащ къэрал дамыгъэ куэд. Абыхэм ящыщщ «Хэкум и пащхьэм щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденым и II, III нагъыщэхэр, ГуащIэдэкIым и Бэракъ Плъыжьым, «ЩIыхьым и дамыгъэ», Ныбжьэгъугъэм, Жэпуэгъуэ Революцэм я орденхэр.
КЪАРДЭН Маритэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2703.txt"
} |
«Сыт пощтыр зищIысыр?»
Къэбэрдей-Балъкъэрым и пощт лэжьакIуэхэм Письмом и дунейпсо тхьэмахуэмрэ Пощтым и дунейпсо махуэмрэ ирихьэлIэу зэIущIэ хьэлэмэтхэр щрагъэкIуэкIащ республикэм и курыт школхэм. Абыхэм къызэрагъэпэщащ «Сыт пощтыр зищIысыр?» фIэщыгъэр зиIэ класс сыхьэтхэр.
А зэхуэзэ купщIафIэхэм къриубыдэу школакIуэхэм хьэлэмэт куэд къащIащ пощт зэпыщIэныгъэ IэнатIэм и лэжьэкIэм, зэхэлъыкIэм ятеухуауэ. Пощтым къикIуа тхыдэ гъуэгуанэм, абы пыщIа IэщIагъэхэм, а IуэхущIапIэхэм лэжьыгъэр зэрыщызрагъакIуэ мардэхэм, пощт маркэхэмрэ письмоулъэхэмрэ я къежьэкIахэм, нэгъуэщI куэдми ныбжьыщIэхэм яхутепсэлъыхьащ IэщIагъэлIхэр. Ахэр я дэIэпыкъуэгъуу, сабийхэм ягъэхьэзыращ икIи нэхъапэIуэкIэ ятха письмо цIыкIухэр далъхьэри зэтрагъэпщIэжащ письмоулъэ дахэхэр, хабзэм тету псори тратхэжри. Ахэр яхуэгъэзат я адэ-анэхэм, адэшхуэ-анэшхуэхэм, ныбжьэгъухэм.
ШколакIуэ цIыкIухэм фIыщIэ хуащIащ а Iуэхугъуэхэм ахэр хуезыгъэса пощт лэжьакIуэхэм икIи гуапэу ехъуэхъуащ я IэщIагъэм епха махуэшхуэмкIэ. Апхуэдэу ахэр къеджащ пощтым, пощтзехьэм теухуа усэхэм, ящIащ а IэщIагъэм епха сурэтхэр, пощт ашык цIыкIухэр.
- ЗэIущIэхэр гуапэу, хьэлэмэту екIуэкIащ. Абыхэм я мурад нэхъыщхьэр пощт къулыкъущIапIэм щекIуэкI лэжьыгъэр зыхуэдэм ныбжьыщIэхэр щыгъуазэ хуэщIынращ, ди къэралым и щэнхабзэ, тхыдэ щIэинхэм абыхэм гу лъегъэтэнращ, - жиIащ «Урысейм и пощт» АО-м КъБР-м щиIэ къудамэм и унафэщI Вэрокъуэ Заур.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, ди щIыналъэм и пощт къулыкъущIапIэм хеубыдэ почтампи 8, хьэпшыпхэр цIыхухэм яIэрызыгъэхьэ къудами 3. Республикэм и щIыпIэхэм абы щиIэщ пощт IуэхущIапIэу 200-м щIигъу. Абыхэм щолажьэ IэщIагъэлI 1700-м щIигъу, пощтзехьэхэри яхэту.
ЦIыхухэм я гъащIэр нэхъ тынш зыщI, абыхэм Iуэхутхьэбзэ зэмылIэужьыгъуэхэр яхуэзыщIэ пощт лэжьакIуэхэм дохъуэхъу я махуэмкIэ. Узыншэну, гукъыдэж яIэу лэжьэну ди гуапэщ.
ТАМБИЙ Линэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2704.txt"
} |
Хъумэн, зегъэужьын, егъэфIэкIуэн
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Жылагъуэ палатэм и XIII зэхуэсыр иджыблагъэ Налшык къалэ щекIуэкIащ. Абы къыщаIэта Iуэхугъуэр ди щIыналъэми абы щыпсэу лъэпкъхэм я къэкIуэным и IуэхукIи мыхьэнэшхуэ зиIэу къэлъытапхъэщ. «Къэрал къулыкъущIапIэхэмрэ жылагъуэмрэ лъэпкъ щхьэхуэныгъэхэр хъумэным хуэунэтIауэ зэдэлэжьэныр цIыхубэм и зэкъуэтыныгъэм и шэсыпIэщ» - аращ зэIущIэм къыщаIэта псалъэмакъыр зэщIэкIауэ щытар. Лъэпкъ Iуэхухэм къэрал гулъытэ хэха игъуэт, программэ щхьэхуэхэр хузэхалъхьэ зэрыхъуар къэплъытэмэ, гурыIуэгъуэщ зэIущIэм кърихьэлIахэм хэгъэгу политикэм къигъэув мардэхэр, щапхъэхэр, пщалъэхэр щIыналъэм щыщыIэ щытыкIэ пыухыкIахэм зэрырагъапщэр, абы зэрыралъытыр, ипэ игъэщыпхъэхэмрэ Iэмалыншэу къыхэгъэщын хуей Iуэхугъуэхэмрэ зэрызэпэшачэр.
Жылагъуэ палатэм егъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмкIэ, щIалэгъуалэ политикэмкIэ, туризмэмрэ спортымкIэ и къудамэм хэт, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий зэIущIэм къыщыщыпсалъэм къыхигъэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэрал къулыкъущIапIэхэм лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ зэкъуэтыныгъэмрэ хуэунэтIауэ лэжьыгъэшхуэ зэрызэфIагъэ-кIыр. «Урысей Федерацэм 2025 гъэ пщIондэ щылэжьэну и лъэпкъ программэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ къэрал къулыкъущIапIэхэмрэ зэрызэдэлэжьэну щIыкIэр зыубзыху и къэрал программэмрэ гъащIэм хэпщэнымкIэ, къагъэув Iуэхугъуэхэр къанэ щымыIэу зэфIэхынымкIэ куэд ищIащ. Ди щIыналъэм лъэпкъ зэхэгъэжрэ дин зэныкъуэкъурэ къыщымыгъэхъуным, цIыхубэ зэгурыIуэныгъэр хъумэным, зэхущытыкIэхэр егъэфIэкIуэным хуэгъэзауэ къэрал унафэ зыбжанэ къыщащтащ. Урысейр мы Iуэхугъуэм зэригъэпIейтейр къэплъытэмэ, ди деж щызэфIэгъэкIа хъуа лэжьыгъэр бзыпхъэу къыщищтэ, абы щапхъэ щытрихыр мащIэкъым, - къыхигъэщащ Сэхъурокъуэ Хьэутий. - УФ-м иубзыху лъэпкъ политикэм и программэр къапщтэмэ, щIыналъэм дифI зыхэлъ Iуэхугъуэу къилъытэр мащIэкъым. Псалъэм щхьэкIэ, дэркIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ абы хамэщI щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм къагъэзэжыну Iэмал къызэритыр, хэкум хэсыхьыжыным пыщIа лэжьыгъэхэр зэриубзыхур».
Сэхъурокъуэм и псалъэм къыхигъэщащ щIыналъэхэм щыIэ зэгурыIуэныгъэр хъума щыхъун папщIэ фIэкIы-пIэ имыIэу ар зыгъэпIейтейхэм ущIэдэIун, зыгъэгумэщIхэм ущIэупщIэн зэрыхуейр. «Лъэпкъ 80-м щIигъу щопсэу ди щIыналъэм, - жиIащ абы. - Нэхъыбэм лъэпкъ хасэхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэр яIэщ, зытелажьэри мамырыгъэрщ, цIыхухэм я зэгурыIуэныгъэмрэ зэIузэпэщыныгъэмрэщ, лъэпкъхэм ижь лъандэрэ къадэгъуэгурыкIуэ нэщэнэхэр хъумэнырщ, зегъэужьынырщ, егъэфIэкIуэнырщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым Жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министерстэм а лъэпкъ хасэхэм я лэжьыгъэр зэщIегъэуIуэ, къэралым иригъэкIуэкI политикэм щIэуэ къыщыхъухэмрэ зэхъуэкIыныгъэ зыгъуэтхэмрэ щегъэгъуазэ, «Iэнэ хъурейхэмрэ» зэIущIэхэмрэ ирегъэкIуэкI. Шэч хэлъкъым, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэр щIэх-щIэхыурэ зэрызэIуигъащIэм, псоми зэдай Iуэхугъуэхэм зэгъусэу зэрыригъэлэжьым зэгурыIуэныгъэр зэрыригъэфIакIуэм. Абы и мызакъуэу, цIыхубэм я гуращэр къилъытэкIэрэ, министерствэм лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэр щызэрихьэлIэ зэхьэзэхуэхэр, зэпеуэхэр, гъэлъэгъуэныгъэхэр къызэрегъэпэщ». Апхуэдэу, Сэхъурокъуэм къызэхуэсахэм ягу къигъэкIыжащ илъэс зыбжанэ хъуауэ ди щIыналъэм щекIуэкI, кIуэ пэтми зыщызыубгъу «Къунакъ» проект зэрыщыIэр. И фIэщыгъэм къызэриIуатэщи, абы лъэпкъхэр зэпещIэ, ныбжьэгъу зэхуещI».
Сэхъурокъуэ Хьэутий блэкIакъым Вэрокъуэ Владимир и цIэр зезыхьэ Щэнхабзэ фондми лъэпкъ зэхущытыкIэхэр зэпкъызэрыт щIынымкIэ лэжьыгъэшхуэ зэрызэфIихым. «Фондыр щэнхабзэ зэгухьэныгъэхэм зэрадэлажьэм, щIыналъэм щекIуэкI махуэщIхэм жыджэру зэрыхэтым мыхьэнэ иIэщ. Щэнхабзэхэм я пщIэр къызэриIэтым и закъуэкъым абыхэм я гуащIэр зытрагъэкIуадэр, атIэ лъэпкъхэм я щIэжым зыкърегъэIэтыж, я уней нэщэнэхэр къегъэщIэрэщIэж, гъащIэм хепщэж».
Хьэутий къызэрыхигъэщамкIэ, щIыналъэм сыт хуэдиз Iуэху щхьэпэ щекIуэкIми, сыт хуэдиз лэжьыгъэ къыщаIэтми, яхузэфIэкIыну псор абдеж къыщыувыIэркъым. «Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщыIэ политикэ щытыкIэр зэтес зыщIыр жылагъуэ-экономикэ щхьэусыгъуэ зэIумыбзхэр къызэнэкIын зэрыхуейм и закъуэкъым. Мынэхъ мащIэу гулъытэ игъуэтыпхъэщ лъэпкъхэм я бзэхэмрэ щэнхабзэхэмрэ. А гулъытэм къыщыщIэмэ е къыжьэдэпкъуэну ухуежьэмэ, къайгъэ къызэрикIынум шэч хэлъкъым», - жиIащ Сэхъурокъуэ Хьэутий.
Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин къыщыпсалъэм, Сэхъурокъуэм и къэпсэлъэныгъэмкIэ арэзы хъуащ, къэралымкIэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я мыхьэнэр зэрыинри къыхигъэщащ.
Апхуэдэу, министрым щIыналъэм щыIэ волонтёр зэщIэхъееныгъэм и гугъу ищIащ, «Щэнхабзэм и волонтёрхэр» зэгухьэныгъэм и лэжьыгъэм, абыхэм къызэрагъэпэщ Iуэхугъуэхэм шэщIауэ тепсэлъыхьащ. Псалъэм и хьэтыркIэ, къыхигъэщащ «ТекIуэныгъэм и письмохэр» проектым щIэупщIэ зэригъуэтар, цIыху куэд къызэрыдихьэхар.
Къэбэрдей-Балъкъэрым жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министрым и къуэдзэ Гергоков Джамболэт Жылагъуэ палатэм къиIэта псалъэмакъыр узыблэкI мыхъунухэм зэращыщыр къыхигъэщащ. «Лъэпкъыр лъэпкъ зыщIыжыр и бзэмрэ и щэнхабзэмрэщи, игъуэтын хуей гулъытэр «дывгъэщI» е «щIын хуейщ» псалъэхэм деж къыщызэтемыувыIэу, унафэ пыухыкIа ягъуэтрэ щIыкIэ гъэпсам тету зэлэжьыпхъэ гъащIэ проектщ. Ахэр къыддекIуэкI ди щыIэныгъэм лъабжьэ хуэхъу нэщэнэщи, уаблэплъыкIыныр игъуэджэщ. Къэрал къулыкъущIапIэхэм яхузэфIэкIи къамыгъанэу абы и зыужьыныгъэм телэжьэн хуейщ», - жиIащ абы.
Лъэпкъ зэгухьэныгъэхэм драгъэкIуэкI лэжьыгъэм унэтIыныгъэу иIэм и гугъу ищIа нэужь, абыхэм къыхалъхьэ проектхэр гъэзэщIа хъун папщIэ грант зэхьэзэхуэхэр къызэрызэрагъэпэщми Гергоковыр тепсэлъыхьащ.
«Си япэкIэ къэпсэлъа Сэхъурокъуэ Хьэутий и псалъэмакъым къызэрыхигъэщащи, ди щIыналъэм илъэс зыбжанэ хъуауэ «Къунакъ» проектыр щыдогъэкIуэкI. 2009 гъэм щыщIэдзауэ нобэр къыздэсым абы цIыху 500-м щIигъу хыхьащ, - жиIащ Гергоков Жамбулэт. - Къунакъ зэпыщIэныгъэр я нэхъ мащIэу лъэпкъиплIым я зэхуаку къыдохъуэ, проектым зи нэIэ тезыгъэт еджапIэр хохьэ, Iуэху къекIуэкIыр зыфIэгъэщIэгъуэнхэр холэжьыхь. Фи нэгу къыщIэвгъэхьэ абы зэришалIэ цIыхухэм и бжыгъэр зыхуэдизым. Къыхэзгъэщыну сыхуейт, проектыр ди республикэм къызэримынэр, абы и гъунапкъэхэр зэрызэIухам, гъунэгъу щIыналъэхэми зэрынэсыр. Мы гъэм «Къунакъ» проектым унагъуэ 18 хыхьэну зыкъагъэлъэгъуащ. Абы щыщ зыбжанэр ди гъунэгъу республикэм япыщIа хъунущ, хамэ къэрал нэсаи яхэтщ. Къунакъыр ещхьщ пасэм къыддекIуэкIыу щыта къанIых хабзэм. Абы къыхэкI ныбжьэгъугъэр, зэхущытыкIэр зыхуэдизыр дэтхэнэми къыдгуроIуэ».
Апхуэдэу, Гергоковыр тепсэлъыхьащ министерствэм иригъэкIуэкI зэпеуэ-хэм, зэхьэзэхуэхэм, зэIущIэхэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщыIэ щытыкIэр егъэфIэкIуэным дэтхэнэри зэрыхуэунэтIам.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и дин IуэхущIапIэм и унафэщI Дзасэжь Хьэзрэталий ди щIыналъэр лъэпкъыбэм я унапIэ зэрыхъуамкIэ, абыхэм я зэхуаку нэрылъагъууи нэрымылъагъууи зэпыщIэныгъэ куэд зэрыдэлъымкIэ и псалъэмакъыр къригъэжьащ. «Гъунэгъурэ гъуэншэджрэ» гупсысэкIэр зыхэлъ лъэпкъыр и пIэм къишыгъуейщ, сыту жыпIэмэ абы лъабжьэ хуэхъур ижь лъандэрэ къыдекIуэкI хабзэмрэ Тхьэм хуиIэ фIэщхъуныгъэмрэщ. ШыIэныгъэ къыпхэзылъхьэ, акъыл къозыгъэлъыхъуэ, къайгъэм укъыпезыгъэкIуэкI сыт хуэдэ гупсысэри фIыщ щыIэныгъэр зэрыуэзэрыбг мыхъуу, мамыру упсэун щхьэкIэ, - жиIащ Дзасэжьым. - Зепхьэ диныркъым нэхъыщхьэр, атIэ гъащIэр зэрыбгъэнщI IуэхуфIхэращ ипэ игъэщыпхъэри, сыт хуэдэ гъэсэныгъэ лэжьыгъэри абы тещIыхьауэ утыку илъхьапхъэщ».
ЗэIущIэм къыщапсэлъам ипкъ иткIэ, къэрал къулыкъущIапIэхэм, щIыпIэхэм унафэр щызезыхьэ IуэхущIапIэхэм, лъэпкъ хасэхэм, дин зэгухьэныгъэхэм яхуэгъэза чэнджэщхэм елэжьащ икIи ахэр хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ хэIущIыIу ящIыжащ.
ШУРДЫМ Динэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2705.txt"
} |
Дамыгъэхэмрэ тхыпхъэхэмрэ зыхэухуэна фэилъхьэгъуэхэр
Зэпымыууэ щIэщыгъуэ лъыхъуэ, зыужьыныгъэм хущIэкъу, щIэхэм зезыпщыт, республикэм и цIэр щIыпIэ жыжьэхэм фIыкIэ щызыгъэIухэр ди мащIэкъым. Апхуэдэщ зи гугъу фхуэтщIыну дизайнер щIалэ БжьыхьэлI Заури.
БжьыхьэлI зэкъуэшхэм - Зауррэ Замиррэ – 2012 гъэм къыхалъхьауэ щыта KAVKAZVISION SONG CONTEST уэрэджыIакIуэхэм я дунейпсо музыкэ проектыр республикэ 18-м я бюджетым хагъэхьащ. Зэпеуэ гъэщIэгъуэным я зэфIэкI щеплъыжащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и хэгъэгухэм, Краснодар крайм, Адыгэ, Осетие Ипщэ, Абхъаз республикэхэм, Москва къалэм щыщ щIалэгъуалэр.
Ижь-ижьыж лъандэрэ я фэилъхьэгъуэхэмкIэ лъэпкъхэр зэхацIыхукIыу къэгъуэгурыкIуэми, ди нэгу щIокI ди адыгэ фащэм и дахагъэм дуней псор зэритхьэкъуар, языныкъуэхэм ар къызэращтэпар. Пэжщ, тхыдэм уриплъэжмэ, щхьэусыгъуэ гуэрхэм къыхэкIыу лъэпкъым фащэр IэщIыб щищIаи къэхъуащ. Иджы гуапэщ абы и пщIэмрэ и щIыхьымрэ зэригъуэтыжыр, псом хуэмыдэу иужьрей илъэсхэм нэхъыжьхэми щIалэгъуалэми я гупэр фащэм зэрыхуагъэзэжам гу лъыботэ. Лъэпкъ фащэр адыгэм зетхьэжыныр щIыхь зыпылъ Iуэхуу зэрыщытыр зэрызыхащIыкIыр къэзыгъэлъагъуэщ, щIалэгъуалэм ар зэрызыщатIэгъэжамрэ абы и махуэр зэрагъэлъапIэмрэ. Нэхъыщхьэращи, ди лъэпкъ фащэм, анэдэлъхубзэм, ныпым я махуэхэр гъэ къэс догъэлъапIэ.
Махуэ къэс ди фэилъхьэгъуэ хъуар яда хьэзыру ящэхэрщ. Илъэс зыбжанэкIэ Германием щыпсэуну, цIыхухэм я зыхуэпэкIэм кIэлъыплъыну къызыхуихуа Заур къелъытэ адыгэхэр нэгъуэщIхэм дыкъызэрыхацIыхукI зыхуэпэкIэ диIэн, абы папщIэ лъэпкъ фащэм и нэщэнэхэр зыдэплъагъу, хьэзырхэр къыщыгъэсэбэпа, ди тхыпхъэхэмрэ дамыгъэхэмкIэ гъэщIэрэщIа щыгъынхэм елэжьын хуейуэ.
БжьыхьэлIым къалэн зыщищIыжащ и лъэпкъэгъухэм я зыхуэпэкIэм хэлъ дахагъэр ипэкIэ игъэкIуэтэну, абы нэхъри зригъэужьыну. Гу зылъитэ щыгъын хьэзырхэр игъэдахэ къудей мыхъуу, абыхэм псэщIэ яхелъхьэ, ди лъэпкъ тхыдэм ухигъэгъуазэу къегъэщIэрэщIэжри. Ар куэд и уасэщ, зи щIыкIэкIэ зэщхьэщыкI щыгъын щIэщыгъуэхэр иджыпсту зэрыгъуэтыгъуейр къэплъытэмэ.
Фэилъхьэгъуэхэр игъэдахэ къудей мыхъуу, Заур ди тхыдэм пыщIа Iуэхугъуэхэр къыгуэхыпIэ имыIэу хигъэзэгъащ и IэдакъэщIэкIхэм. Апхуэдэщ ди щхьэм кърикIуа лъэпкъ гъэкIуэдым теухуауэ игъэхьэзыра щыгъынхэр, щыгъуэ-щIэж махуэм ирихьэлIэу зэлэжьхэр. Апхуэдэ фэилъхьэгъуэхэм лъабжьэ яхуищIащ адыгэхэм ди вагъуэ пщыкIутIыр, шабзэхэр, 1864 гъэ, накъыгъэм и 21 бжыгъэхэр, адыгэ фащэ зыщыгъ, Iэщэхэр зыпщIэхэлъ дзэзешэ цIэрыIуэхэм, лIыхъужьхэм я сурэтхэр е а зауэр уигу къэзыгъэкIыж Iуэхугъуэ гуэрхэм ятеухуа тхыгъэхэр. «Гуащэ», «шы къарэ», нэгъуэщI шэрджэс псалъэхэр е псалъэуха хъу тхыгъэхэр урысыбзэкIи инджылызыбзэкIи дыщэ IуданэкIэ щыгъынхэм тритхэурэ хедыкI, хьэрфхэр зэхэщIыкIыгъуэу икIи къеджэгъуафIэу. КIэщIу жыпIэмэ, и лэжьыгъэхэм шэрджэсхэм ятеухуа куэд хеухуанэ. Къищы- нэмыщIауэ, игъэхьэзыращ «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблыр утыку зэритыну фэилъхьэгъуэхэр, бзылъхугъэхэм я сумкэ телъыджэхэр. И Iэдакъэ къыщIэкIа щыгъынхэмрэ хьэпшыпхэмрэ хуигъэув уасэр зэлъытар щэкIым и фIагъырщ.
- Зым и дежкIи щэхукъым иджырей ди фэилъхьэгъуэхэм дызэрыадыгэм и нэщэнэ гуэри зэрахомылъагъуэр. Жыжьэу узэIэбыкIыжмэ, адыгэхэм къахуэгупсысырт ахэр Iэпкълъэпкъым дахэу екIуу икIи зехьэгъуафIэу. Иджыри апхуэдэ зэфIэкI дызэриIэр си фIэщ мэхъу. Пасэрей фащэ дыдэхэр мыхъуми, абыхэм я кIапэлъапэхэр зыхэлъ, махуэ къэс щыптIагъэ хъун хуэдэу иджырей щыгъынхэр согъэхьэзыр, ди лъэпкъ дамыгъэхэмрэ тхыпхъэхэмкIэ согъэдахэ. Къыхэзгъэщыну сыхуейт си лэжьэгъу Балъкъэр Аслъэн си жэрдэмхэр къызэрыздиIыгъыр, дызэчэнджэщурэ ди Iуэхухэр зэрыдгъэкIуатэр. Гукъыдэж къызэзытыр абыхэм щIэупщIэ зэраIэрщ, цIыхухэм къызэращтэщ, си IэщIагъэр зэращхьэпэрщ, - жеIэ Заур.
БжьыхьэлIым и лъэпкъым хуиIэ лъагъуныгъэм и мызакъуэу, и гум и хуабагъэм, и псэм и къабзагъэм щыщ и лэжьыгъэхэм хелъхьэ. Аращ ахэр къыщIехъулIэм и щэхури. И псэм фIэфIу зи ужь ихьа мы лэжьыгъэм ар хуабжьу дихьэхауэ йолэжь. ГъэщIэгъуэныр, адыгэхэм къадэкIуэу, нэгъуэщI лъэпкъхэм ящыщи абыхэм къызэрыщIэупщIэрщ. КъехъулIэмэ, и Iэдакъэ къыщIэкIа щыгъынхэр зыщIэлъ тыкуэнхэр щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм къыщызэIуихыну Заур и мурадщ.
Зыщыщ лъэпкъым и нэщэнэ гуэр зыхэлъ фэилъхьэгъуэхэр зезыхьэхэм ящIэ абы гупсэхугъуэрэ дэрэжэгъуэу къаритыр къызэрыIуэтэгъуейр. Аращ БжьыхьэлI Заур и лэжьыгъэхэр куэдым ягу щIыдыхьэри.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2706.txt"
} |
«ХьэтIохъущыкъуейм» кубок нэхъыщхьэр къехь
Грознэ къалэм дэт «Рамзан» футболымкIэ академием иджыблагъэ щекIуэкIащ топ джэгуныр зи IэщIагъэу щымытхэм я «Чемпионхэм я лигэ» урысейпсо зэхьэзэхуэ. Абы кърихьэлIащ Адыгэ, Шэшэн, Дагъыстэн, Ингуш, Къэбэрдей-Балъкъэр республикэхэм, Ставрополь, Краснодар крайхэм, Мэзкуу, Дон Iус Ростов, Псыхуабэ, Владикавказ къалэхэм щыщ командэ 12 - псори зэхэту спортсмен 200-м щIигъу. Ар къызэригъэпэщащ Шэшэным Физическэ щэнхабзэмкIэ, спортымрэ щIалэгъуалэ политикэмкIэ и министерствэм, «Молодёжные социальные инициативы» шэшэн щIыналъэ цIыхубэ зэгухьэныгъэм, а республикэм мини-футболымкIэ и лигэм.
Зэхьэзэхуэр екIуэкIащ «Спорт - норма жизни» федеральнэ проектым хыхьэу. Абы щIидзащ 2019 гъэм и щIышылэм икIи спорт Iуэхугъуэ куэд къэрал псом къыщызэщIригъэубыдащ. Апхуэдэ къыхуеджэныгъэр зиIэ зэпеуэхэм я къалэн нэхъыщхьэр гъащIэ узыншэ езыхьэкI къэралым ис цIыхухэм я бжыгъэр нэхъыбэ щIынырщ. Проектыр щIэдзапIэ хуэхъуащ цIыхубэ спортыр ипэкIэ гъэкIуэтэнымрэ ар егъэфIэкIуэнымрэ.
Саугъэт нэхъыщхьэм щIэбэнхэр командэ плIырыплI зыхэт гупищу гуэшауэ щытащ. ПэщIэдзэ зэхьэзэхуэм кърикIуам ипкъ иткIэ къыхахащ финалым и Iыхьэ плIанэм щыджэгуну командийр.
Зыхэта гупми къыкIэлъыкIуэ зэIущIэхэми щытекIуа Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ «ХьэтIохъущыкъуей» командэр финалым щыхуэзащ турнир зэпеуэм и адрей Iыхьэм пашэныгъэр щызыубыда Дон Iус Ростов и «Литокс»-м.
Джэгум хухаха зэман нэхъыщхьэр 1:1-уэ иухащ. ЗэIущIэ нэужь пенальтим нэхъ Iэзэу къыщыщIэкIащ «ХьэтIохъущыкъуейр» - 5:4.
Ди щIалэхэм къыхуагъэфэщащ кубок нэхъыщхьэмрэ дыщэ медалхэмрэ. Дон Iус Ростов къикIахэр етIуанэ хъуащ. Домбеякъ медалхэр къахьащ зэхьэзэхуэм и хэгъэрей «Ахмат»-мрэ Мейкъуапэ и «Оштен»-мрэ.
Зэхьэзэхуэм щагъэбелджылащ футболист нэхъыфIхэри. «ХьэтIохъущыкъуейм» щыщ Къущхьэ Хьэсэн псоми къыхагъэщхьэхукIащ. Гъуащхьэтетхэм къыхахащ «Литокс»-м хэт Зайнулабидов Александр, «Ахмат»-м щыщ Магомаев Керим гъуащхьэхъумэ нэхъыфI хъуащ. «Оштен»-м и футболист Мэзло Арсен гъуащхьауэхэм я пашэщ.
«Рамзан» футболымкIэ академием къыщызэрагъэпэща щытыкIэхэм я фIыгъэкIэ дэ едгъэкIуэкIыфынущ сыт хуэдэ зэхьэзэхуэри, - къыхигъэщащ академием и генеральнэ директор Шаипов Анзор. - Футбол губгъуэ джэгупIэхэм телъ алэрыбгъухэр нэхъыфIхэм ящыщщ. Ар псори диIэщ зэпыу имыIэу щIэгъэкъуэн къытхуэхъу Шэшэн Республикэм Физическэ щэнхабзэмкIэ, спортымрэ щIалэгъуалэ политикэмкIэ министерствэм и фIыгъэкIэ. ТекIуахэми къыхэжаныкIахэми дохъуэхъу, фIыщIэ яхудощI хьэщIэхэм, етIанэгъи фыкъыдогъэблагъэ!»
Мэзкуу Къан.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2707.txt"
} |
Сабий джэгупIэщIэ
Налшык къалэ администрацэм и нэIэм щIэту илъэс зыбжанэ хъуауэ фэтэр зэтетхэм я бжэIупэхэр зэIузэпэщ ящI. Псом хуэмыдэу цIыхур щогуфIыкI сабий джэгупIэхэм.
Налшык дэсхэмрэ зэгухьэныгъэ щхьэхуэхэмрэ я чэнджэщи хэлъу «Дэшхуей хадэм» иджыблагъэ къыщызэIуахащ иджырей мардэхэм тет япэ сабий джэгупIэщIэр.
ЗэманкIэ дызэIэбэкIыжмэ, а щIыпIэм щыIа джэгупIэр зэрыцIыкIум къыхэкIыу анэ-адэхэм я сабийхэр я гъусэу ар къалъысыху пэплъэн хуей хъурт, иIэ Iэмэпсымэхэри куэд хъуртэкъым, а щыIэ тIэкIури, жьы зэрыхъуар наIуэу, тешхыхьыпат. Зэзэмызэ мафIэгу зэпыщIа цIыкIу къыщихьэ щыIэти, нэхъыбэм ар я теупIэт.
Иджырей щапхъэм тет щIэгъэкъуэн «Iущхэр» зиIэ сабий джэгупIэщIэм видеокамерэхэр, Интернетым упызыщIэ хуэIухуэщIэхэр тетщ, уэздыгъэ дахэхэр и хъуреягъым щытщ.
Унэ зэтетхэм я бжэIупэхэр сабий джэгупIэхэмкIэ къызэгъэпэщыным хуэунэтIа къэрал программэм хиубыдэу лэжьыгъэхэр нэхъыфI дыдэу къезыхьэлIа муниципальнэ IуэхущIапIищым хабжащ Налшык къалэ администрацэр. Мы Iуэхум хэтащ щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм я IуэхущIапIэу 950-рэ. Апхуэдизым я деж бжьыпэр щызубыдахэм къыхуагъэфэщащ УФ-м и Президентым и Администрацэм и управленэм и щIыхь тхылъхэр.
Лъостэн Музэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2708.txt"
} |
НОБЭ
Жэпуэгъуэм и 18
Блыщхьэ
♦КIэнфетхэм я дунейпсо махуэщ
♦1941 гъэм къалъхуащ къэрал къулыкъущIэу, политик Iэзэу, КъБР-м и япэ Президенту щыта КIуэкIуэ Валерий.
♦1942 гъэм къалъхуащ медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, РАЕН-м и академик, КъБР-м и цIыхубэ дохутыр ХьэцIыкIу Борис.
♦1958 гъэм къалъхуащ КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Емкъуж Лиуан.
♦1968 гъэм къалъхуащ «Адыгэ псалъэ» газетым жэуап зыхь и секретару щыта, КъБР-м и Парламентым, УФ-м Связымрэ цIыхубэ коммуникацэхэмкIэ и министерствэм я ЩIыхь тхылъхэр зыхуагъэфэща Гъурыжь Мадинэ.
Дыгъэр къыщIэкIынущ сыхьэти 6-рэ дакъикъэ 23-м, къухьэжынущ сыхьэт 17-рэ дакъикъэ 18-м.
Махуэм и кIыхьагъщ сыхьэт 10-рэ дакъикъэ 55-рэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru сайтым зэритымкIэ, ди республикэм уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 15 - 17, жэщым градус 11 - 12 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Уи кIэ зэрымыкIынум уи щхьэ иумыIу.
Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2709.txt"
} |
Дунейм щыхъыбархэр
Шынагъуэ нэхъыбэ къызыпкърыкIыр
ФРГ-м щыпсэухэм ящыщу цIыху 1249-м яхэупщIыхьат иджыблагъи, дуней псом и дежкIэ шынагъуэ нэхъыбэ къызыпкърыкIыу нэмыцэхэм къалъытар Америкэрщ.
ЦIыхухэм я Iуэху еплъыкIэхэр зыхуэдэр зэгъэщIэнымкIэ институтымрэ стратегиемкIэ центрымрэ жылагъуэм зыхуагъэзащ: «Сыт хуэдэ къэралыра шынагъуэ нэхъыбэ къызыпкърыкIыр?» упщIэмкIэ. Абы ирата жэуапхэр зэпалъытыжа нэужь наIуэ къызэрыхъуамкIэ, Америкэм и Штат Зэгуэтхэрщ дунейм къэралу тетым я дежкIэ нэхъ шынагъуэр. ЗэупщIахэм я процент 56-м апхуэдэу къалъытэ. Абы кIэлъокIуэ КНДР-р (45%), Тыркур (42). Урысейм нэхъ зыщыхъумэн хуейуэ къэзылъытэхэр процент 41-рэ мэхъу.
Бжьыныхур шхын щIыхуейр
ЦIыхубэ медицинэм и телъхьэхэм трагъэчыныхь бжьыныхур нэхъ щIэх-щIэхыурэ шхыным.
IэщIагъэлI куэди абыхэм арэзы ядохъу. Абыхэми жаIэ бжьыныхум лъыр нэхъыфIу зэрызэригъакIуэр, абы микроб дызыхуэмейхэр зэриукIыр, С витамин куэду зэрыхэлъыр, а псом къыхэкIыуи пыхусыхур щыятэ зэманым бжьыныхур пшхыныр зэрынэхъыфIыр.
Дохутырхэм къызэралъытэмкIэ, бжьыныхум лъыр, лъынтхуэхэм кIэрищIэ щэ цIыкIухэр егъэкъабзэ, абы и фIыгъэкIи гу узыфэхэр нэхъ мащIэ ещI. Апхуэдэуи, дохутырхэм зэрыжаIэмкIэ, а къэкIыгъэм хэлъщ В гупым и витаминхэр, щхьэцымрэ щIыфэмрэ я узыншагъэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэхэр. Уеблэмэ, бжьыныхур лышх узыфэм и лIэужьыгъуэ гуэрхэм япэщIэтыфуи къахутащ.
Аращи, ар цIыхум ишхын зэрыхуейм нэхъ трагъащIэ, дэтхэнэми и фIэфIыныгъэмрэ и узыншагъэм зэрезэгъымрэ езыхэм унафэ тращIыхьыжыну хуитми.
Нобэ
♦ЦIыхухэр зэхуэгъэдэным и дунейпсо махуэщ
♦1705 гъэм Пётр Езанэм Iэ щIидзащ Урысеидзэм къулыкъу щызыщIэнухэр (рекрутхэр) къызэрыхахынум теухуа унафэм. Илъэс 20 - 35-рэ ныбжьхэм къриубыдэхэрт дзэ къулыкъум ираджэр. ЦIыху бжыгъэр къуажэ къэс хуагъэувырти, абы ягъэкIуэнухэр езыхэр зэгурыIуэурэ къыхахырт. Дзэм хагъэхьам а къулыкъур псэуху ирихьэкIыну и къалэнт.
♦1819 гъэм Санкт-Петербург къэрал университетыр къызэрагъэпэщащ.
♦1975 гъэм хьэуам зыщыхъумэжынымкIэ дзэхэм я махуэр ягъэуващ.
♦1940 гъэм Налшык къалэм IэфIыкIэ щащI фабрикэ къыщызэIуахащ.
♦1897 гъэм къалъхуащ адыгей драматург, усакIуэ Кубэ Билъостэн.
♦1931 гъэм къалъхуащ адыгей тхакIуэ Теувэж Хьэбиб.
♦1935 гъэм къалъхуащ медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Гъащтэ Абдул.
♦1942 гъэм къалъхуащ композитор, УФ-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м и цIыхубэ артист, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэрал саугъэтым и лауреат, жылагъуэ лэжьакIуэ ХьэIупэ ДжэбрэIил.
♦1952 гъэм къалъхуащ Адыгэ Республикэм, КъБР-м щIыхь зиIэ я артисткэ БжэIумых Барисэт (Бэллэ).
♦1951 гъэм къалъхуащ генерал-лейтенант, экономикэ щIэныгъэхэм я кандидат, УФ-м и Къэзыбж палатэм и къэпщытакIуэу щыта, Москва щылажьэ Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгейм и щIыхь» медалыр зрата Дзыбэ Мусэ.
♦1962 гъэм къалъхуащ дохутыр-реаниматологыу, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэу щыта Глинкэ Елизаветэ. «Дохутыр Лизэ» - апхуэдэут абы цIыхухэр зэреджэр.
♦1979 гъэм къалъхуащ «Iуащхьэмахуэ» журналым жэуап зыхь и секретарь, КъБР-м и Правительствэм и ЩIыхь тхылъыр зыхуагъэфэща Истэпан Залинэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Махуэм хуабэр градуси 4 - 6, жэщым щIыIэр градуси 4 - 3 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Дыщэр дыщэпс хуэныкъуэкъым.
Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "271.txt"
} |
Щэнхабзэр зыгъэбей, утыкур зыгъэдахэ
ДифI догъэлъапIэ
УэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Шэрджэс Iэсият и ныбжьыр иджыблагъэ илъэс55-рэ ирикъуащ. Шэрджэсыр Къэрэшей-Шэрджэсым щыщ Хьэбэз къуажэм къыщалъхуащ. Черкесск къыщиухащ макъамэкIэ школымрэ училищэмрэ. Дон Iус Ростов Рахманиновым и цIэр зэрихьэу дэт консерваторием щеджащ. Ар Налшык дэт Музыкэ театрым и лэжьакIуэ пажэхэм ящыщщ. Ди гуапэу деуэршэрылIащ уэрэджыIакIуэм.-
- Iэсият, уи IэщIагъэр къыхэпхыным сыт къежьапIэ хуэхъуар?
- Унагъуэм къыщежьащ, си сабиигъуэм къыздисхащ. Унэм Бах, Моцарт сымэ я макъамэ къыщеуэрт зэпымыууэ. Макъамэ школым, макъамэ училищэм сыщеджащ, Ростов консерваториер диплом плъыжькIэ къыщызухащ. КIэщIу жыпIэмэ, илъэс 17-кIэ сыхуеджащ си IэщIагъэм. Ар къыхэсхыным си адэрат сытезыгъэгушхуар. Езыр зоотехникт, ауэ макъамэр и псэм хэлът: илъэс 20-м щIигъукIэ «Iэдииху» ансамблым уэрэджыIакIуэу хэтащ, адыгэ уэрэдыжьхэр зэхуихьэсын фIэфIт, макъамэ Iэмэпсымэхэм Iэзэу еуэрт, тхылъ куэди къыдигъэкIащ - Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэтащ. Си анэрипшынауэ Iэзэщ, и IэщIагъэкIэ дохутырми. ЖыпIэнумэ, макъамэ къызыщIэIукI унагъуэ сыкъыщыхъуати, сэри абы сыдихьэхащ.
- Театрым щыбгъэзэщIа, щыбгъэзащIэ ролхэм я гугъу уэзгъэщIынут…
- Япэрауэ, къыхэзгъэщынут мыр: цIыхуфIи цIыху Iеи я роль къыплъагъэсынкIэ хъунущи, абы ухуэхьэзырын хуейщ. Театрым щыбгъэзэщIэнур къыпхуагъэфэща ролырщ. «Сэ мыбы сыхуейкъым»,- жыпIэну къезэгъыркъым. Сэ, псалъэм щхьэкIэ, Листов и «Севастопольский вальс» - м хэт Нинэ и ролыр къыщызатам, Iэнкун сыкъэхъуат, абы и хьэл-щэныр сигу ирихьыртэкъыми. ИтIанэ, сеувалIэри, ар зыгуэркIэ бгъэзахуэ хъуххэнумэ, Iэмалу щыIэр къэзгъэсэбэпащ, театреплъым цIыхубзыр игу иримыхьми, фIэгуэныхь хъун хуэдэу. Языныкъуэ цIыхухэм ролымрэ уи гъащIэмрэ зэрапх, апхуэдэу ущыщыт къафIощI. Ар тIэкIу си жагъуэ мэхъу. Си ролхэм ящыщу нэхъ гугъу сызыдехьари нэхъ сигу къинэжари консерваториер къыщызух илъэсым Пуччини и «Мадам Баттерфляй» оперэм сызэрыщыджэгуаращ. Америкэм щыщ капитанымрэ Японием щыщ хъыджэбзымрэ я лъагъуныгъэщ ар зытеухуар. Оперэр щызэпкърысхым, Японием щыпсэухэм я хьэлхэм щыщ куэдым хэслъэгъуащ адыгэ щэн. СфIэгъэщIэгъуэн дыдэу селэжьат: ди курсым сэ зырат адыгэу щIэсри, роль нэхъыщхьэр къыщыслъагъэсам, си адэ-анэр хуабжьу щыгуфIыкIат. Абы лъандэрэ илъэс 26-рэ хъуауэ согъэзащIэ, мадам Баттерфляй къызэрихьэ ариер («Ария надежды»). Ларинэ Татьянэ («Евгений Онегин»), Лацэ («Къамботрэ Лацэрэ») я ролхэри нэхъ сфIэфI дыдэхэм ящыщщ.
- Театрыр нобэ зэрыт щытыкIэм арэзы укъищIрэ?
- СыкъищIыщэу схужыIэнукъым. ДызэхэпсэукI зэманми абы ижь къыщихуу къыщIэкIынщ. Ауэ, ЩэнхабзэмкIэ министр Къумахуэ Мухьэдин и къару къызэрихькIэ гулъытэ къытхуещI, и нэIэ дыщIигъэтщ. Езыри икIи артистщи, ди лэжьыгъэм и пIалъэр хъарзынэу къыгуроIуэ. ЗыгуэркIэ зыхуэзыгъэзахэр зэи къигъэщIэхъуакъым.
- Театрым и цIэр фIыкIэ зыгъэIур абы и лэжьакIуэхэращ, дауи…
- Ди Музыкэ театрыр Кавказ псом щыIэм къахэщу апхуэдэщ. Псалъэм щхьэкIэ, Къэрэшей-Шэрджэс филармонием зы камернэ оркестр закъуэ иIэу аращ. Симфоние оркестр щыIари лэжьэжыркъым, Даур Аслъэн дунейм зэрехыжрэ. Москва, Санкт-Петербург, Ярославль къалэхэм, Абхъазым, Тыркум, Израилым - куэдым сыщыIащ. Сэр-сэру ди театрым и уэрэджыIакIуэхэр абыхэм щызэхэсххэм езгъапщэрти.., дыдейхэр зыхэзбжэр нэхъыфI дыдэхэрат. Хъупсырджэн Албэч, Батыр Мухьэдин, Ташло Алий сымэ уедэIуэныр сыт и уасэ!
- Иужьрей зэманым театрым лэжьэну нэкIуахэр я щIэныгъэкIэ сыт хуэдэ?
- Театрым щIалэгъуалэ еджа, IэщIагъэр зыхэзыщIэ, макъ дахэ зиIэ куэд къокIуэри, абы егъэлеяуэ срогуфIэ. Абыхэм я цIэхэр дяпэкIэ утыкум щыIунущ. Нэрылъагъущ я гум, я псэм фIэфI IэщIагъэр къызэрыхахар. - Япэ дыдэу утыкум щыбгъэзэщIа уэрэдыр пщIэжрэ?
- Тхьэбысым Умар и «Си нанэ» уэрэдыр пианинэм сыбгъэдэсу жысIауэ зэрыщытар сигу къинэжащ.
- Уэрэд лIэужьыгъуэ къэс уи макъыр зэрытебгъахуэр сфIэтелъыджэщ…
- Пэжщ, жыIэкIэ зырызыххэ яIэщ. Зы щапхъэ закъуэ къэсхьынти… Акапеллэ жыхуиIэр сфIэфIщ сэ егъэлеяуэ - макъамэ Iэмэпсыми хэмыту, уи макъ къабзэмкIэ уэрэдыр жыбоIэ. Ауэ ар макъ зэгъэпэща, зэманми тIэкIу ипсыхьа уимыIэу пхужыIэнукъым. Абы ухуеджэни, зыхуэбгъэсэни, зыхуэбгъэхьэзырыни хуейщ. Уэрэд жыIэн IэщIагъэм и гъуэгу кIыхь къызэпыпча нэужьщ абы ущыхуэкIуэр.
- Сытхэм нэхъ уелэжьрэ мы зэманкIэ?
- Уэрэдхэр сотх. КъБКъУ-м и «Амикс» гупым я студием, Къул Амир щIыгъуу, абы сыщолэжь. Си адэр иджыри щыпсэум езгъэлъагъуурэ, «хъунущ» жиIэу сытригъэгушхуэурэ зэхэслъхьат уэрэд зыбжанэ. Тхьэзэплъ Хьэсэн тхьэмыщкIэм и рубаи зытIущми макъамэ хуэстхауэ щыIэщ. Езыри езгъэдэIуат, и гуапи хъуауэ щытащ. ТеатрымкIэ къэбгъазэмэ, иужьу сыхэтащ «Севастопольский вальс» опереттэм. Мы гъэми щIэ гуэрхэр ягъэувмэ, сыхэтыну си гугъэщ. Темыркъан Пётр дежи филармонием сыщолажьэ, романсхэр, ариехэр, адыгэ, урыс цIыхубэ уэрэдхэр жысIэу.
- Адыгэ уэрэдхэм я нобэм дыкъытеувыIэнти…
- Адыгэ уэрэдыжь дахэхэр, иджырей уэрэд хъарзынэхэр, хьэгъуэлIыгъуэм утемыукIытыхьу щыжыпIэ, къыщебгъауэ хъун уэрэдхэр диIэщ. Ауэ уэрэд цIыкIуитI птхыуэ «уэхьэхьей-уэтэтей, фи хьэгъуэлIыгъуэр згъэдахэнщ» жыпIэу ущIэпхъуэ хъунукъым. Укъигъэгугъэмэ, уи щIэныгъэмрэ зэфIэкIымрэ хурикъунумэ, репертуар гъэхьэзыри - итIанэ къэлэжь уи сомри.
- Уи IэщIагъэм епхауэ сыт хуэдэ гукъэкIыж уиIэ? - Сэ къызащIауэ щыта гуэр бжесIэжынщ… Макъамэ школым сыщеджэрт иджыри. Хьэгъундыкъуейм, ар Хьэбэз районым щыщ къуажэщ, концерт щыттыну дыкIуауэ, утыкум уэрэд щыжысIэу, микрофоныр кърачауэ щытащ. Сыгъыу утыкум сыкъижыжыну къафIэщIагъэнт. Пшынауэр Iэнкуну къызоплъ, сэри цIыхухэм сахоплъэ… ЗэпIэзэрыту сыкъикIын хуейт а щытыкIэм - залым щIэсхэм къуагъэз дзыхьым пщIэ имыIэу хъунутэкъым. Микрофоныр згъэтIылъри, си макъкIэ жысIауэ щытащ. НэхъыфIыжу IэгуауэкIэ саIэтат, пэжым ухуеймэ. Си макъри згъэунэхужат – къызгурIуат къару гуэр зэриIэр. Сэ а Iуэхум дерс къыхэсхауэ щытащ.
- Сыт хуэдэ хъуэпсапIэхэр уиIэ, Iэсият?
- Дыузыншэмэ, мамыру дыпсэумэ, адрейр псори тхузэфIэкIын защIэщ. Си анэр Тхьэм схуигъэпсэу! Си дэлъхуищым сызэрагъэгушхуэр, абыхэм я бынхэм я ехъулIэныгъэхэм сазэрыщыгуфIыкIыр сыт хуэдэ насып сэркIэ! Сызыхэс унагъуэращи, абыкIи сынасыпыфIэщ - си щхьэгъусэм и бынхэм я ехъулIэныгъэхэми сагъэгуфIэ (сэ езым бын сиIэкъым). Сигу къеуэр си адэр къызэрытхэмытыжырщ.
- Упсэу, Iэсият! УнагъуэкIи IэщIагъэкIи Тхьэм уригъэфIакIуэ!
Епсэлъар НАФIЭДЗ Мухьэмэдщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2710.txt"
} |
Subsets and Splits