text
stringlengths 11
353k
| meta
dict |
---|---|
Топджэгум цIэрыIуэ ищIа адыгэ щIалэхэр. Япэ Iыхьэ: совет лъэхъэнэ
Мы гъэм илъэс 60 ирикъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэм топджэгур лъэ быдэкIэ къызэрихьэрэ - 1959 гъэм къызэрагъэпэщащ Совет Союзым и чемпионатым хагъэхьа Налшык и «Спартак» командэр. СССР-м и етIуанэ лигэм и «Б» классым къыщыщIидзэри абы ехъулIэныгъэ инхэр иIащ. Къапщтэмэ, 1965, 1970 гъэхэм РСФСР-м и чемпион хъуащ, 1972 гъэм япэ лигэм хыхьащ. ГуфIэгъуэшхуэ къытхуихьащ 2005 гъэм - япэ дивизионым етIуанэ увыпIэр щаубыдри, зэи къэмыхъуауэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ нэхъыщхьэр премьер-лигэм кIуащ икIи абы илъэсихрэ ныкъуэкIэ хэтащ.
Илъэс 60 и кIыхьагъыу блэкIа лъэхъэнэм къэрал псом я цIэр фIыкIэ щыIуащ адыгэ футболист щIалэхэу Iэпщэ Александр, Наурзокъуэ Юрэ, Ещтрэч Владимир, Лъэрыгу Виктор, КIурашын Олег, Гъубж Вячеслав, Наурыз Басир, Хьэпэ Заур, нэгъуэщI куэдми. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми тхылъ щхьэхуэ хуэфащэщ. Нобэ щIыдодзэ дытепсэлъыхьын футболым Iуэху зэмылIэужьыгъуэкIэ лъагъуэ щыхэзыша адыгэ щIалэхэм.
Совет Союзымрэ Урысей Федерацэмрэ футболымкIэ я чемпион, ди лъагъуэхэш
Iэпщэ Александр
Мы гъэм илъэс 55-рэ ирикъуащ ди лъэпкъэгъухэм ящыщу япэ дыдэу Iэпщэ Александр (ШурэкIи, СашэкIи еджэу щытащ) футболымкIэ Совет Союзым и чемпион зэрыхъурэ. ЕтIанэгъэ апхуэдиз дыдэ ирикъунущ ар зи пашэ «Спартак» (Налшыкыр) Урысей Федерацэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэм зэи къэмыхъуауэ зэрыщытекIуэрэ. А Iуэхугъуэхэр Iэтауэ щагъэлъэпIащ Къэбэрдей-Балъкъэрми Куржыми я къалащхьэхэм, иджыри дауэдапщэ инхэри къытпэщылъщ. ТопджэгумкIэ адыгэхэм ди лъагъуэхэш Iэпщэ Александр теухуа псалъэ гуапэ куэд абыхэм щыжаIащ икIи фIыкIэ ягу къагъэкIыжащ.
Адыгэхэм ижь-ижьыж лъандэрэ къадэгъуэгурыкIуэ шыгъажэм, бэнэкIэм, бжы дзыным, шабзэ гъэуэным, нэгъуэщI спорт лIэужьыгъуэхэми хэмыхьэ, ауэ иужьрей илъэсищэм дуней псом зи лъэр щызыгъэбыда топджэгум ди лъэпкъэгъухэм я деж зыщиужьынымкIэ мыхьэнэшхуэ дыдэ иIащ блэкIа лIэщIыгъуэм и 30 гъэхэм и кIэухым Къызбрун Езанэ (иджы ХьэтIохъущыкъуей Ищхъэрэ) къуажэм къыщалъхуа Iэпщэ Александр. Ар ящыщащ къэралым щекIуэкI зэхьэзэхуэм хэтын папщIэ 1959 гъэм япэ дыдэу ди республикэм къыщызэрагъэпэща «Спартак» (Налшык) футбол командэм хагъэхьахэм.
Къызэрыхэдгъэщащи, Iэпщэ Александрщ зэи къэмыхъуауэ дэ тщыщу Совет Союзым и чемпион хъууэ 1964 гъэм «СССР-м спортымкIэ и мастер» цIэр къызыфIащар. Аращ Налшык и «Спартак»-м и пашэу щытар къыкIэлъыкIуэ 1965 гъэм япэ дыдэу ди командэр Урысей Федерацэм и чемпион щыхъуам.
Iэпщэ Александр къыхуихуащ Совет Союзым и футболист цIэрыIуэхэм я гъусэу джэгун. Абы и гъусэу Мэзкуу и «Динамо»-м и фащэр ящыгъыу джэгупIэ губгъуэм къихьэрт дуней псом пщIэшхуэ щызиIэ гъуащхьэтет Яшиныр, къэралым и командэ къыхэхам хэтхэу Соловьёвыр, Царёвыр, Кесаревыр, Численкэ сымэ. ИужькIэ ар гъусэ яхуэхъуащ куржы футболист гъуэзэджэхэу Месхи, Метревели, Сечинавэ, Баркая, Яманидзе, нэгъуэщIхэми. Сыт хуэдэ гуп хэхуами абы и пщIэр лъагэу, къызыхэкIа лъэпкъыр щымыгъупщэу ирихьэкIащ. Совет футболым и тхыдэм Iэпщэр къыхэнащ топыр IэкIэ нэхъ жыжьэ дыдэу къыдэзыдзыфу. Абы теухуа тхыгъэхэр куэду дунейм къытехьащ икIи топджэгу ныбжьыщIэхэр щагъэхьэзыр школхэм а Iэмалыр щрагъащIэ хъуащ, зэрагъасэ тхылъхэм иратхэри.
Футболым къыхэкIыжа иужькIэ Iэпщэ Александр Налшык и «Спартак» командэм и тренер нэхъыщхьэ хъуащ. АдэкIэ илъэс куэдкIэ сабийхэм ядэлажьащ. А IэнатIэхэми ехъулIэныгъэфIхэр щиIащ икIи «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм физическэ щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр къыфIащащ.
Iэпщэ Александр къызэрытхэмытыжрэ илъэс зыбжанэ дэкIами, абы и фэеплъ нэхур цIыхухэм ящыгъупщэркъым. Къыщалъхуа ХьэтIохъущыкъуей Ищхъэрэ къуажэм и уэрамхэм ящыщ зым, къызэригъэпэща икIи зи унафэщIу щыта Налшык дэт Топджэгум щыхуагъасэ сабий-ныбжьыщIэ спорт школ хэхам абы и цIэр зэрахьэ, ягу къагъэкIыжу илъэс къэс зэхьэзэхуэ инхэр зэхаублэ.
Европэ кубокхэм и финалым япэу къыщыхэжаныкIа совет футболист Ещтрэч Владимир
Ещтрэч Владимир Налшык къыщалъхуащ 1947 гъэм накъыгъэм (майм) и 16-м. Ди къалащхьэм и сабий-ныбжьыщIэ спорт школым топ джэгуным зыщыхуигъэсащ. Налшык и «Спартак»-м и гъуащхьауэу 1964 гъэм джэгун иригъэжьащ.
ЗэфIэкI лъагэ къэзыгъэлъагъуэ адыгэ щIалэщIэм IэщIагъэлIхэм псынщIэу гу къылъатащ. КъыкIэлъыкIуэ гъэм, и ныбжьыр илъэс пщыкIуий иримыкъуауэ, ар ирагъэблэгъащ Совет Союзым и командэ нэхъ лъэщхэм ящыщ Мэзкуу и «Спартак»-м. АрщхьэкIэ тренер зэблэкIыгъуэхэм ирихьэлIэри, абы зыщигъэбыдэфакъым, иригъэкIуэкIа джэгугъуибгъум зы топ щыдигъэкIа пэтми.
Налшык къигъэзэжри, щIыпIэ командэм хыхьэжащ. Абы апхуэдизу лъэщу зыкъигъэлъагъуэн щIидзэжати, мыгувэу IэщIагъэлIхэр хузэблэкI хъуащ, я деж ирагъэблэгъэну щIэхъуэпсу. Ар къызэхъулIар Мэзкуу и «Динамо»-ращ. Абы щыгъуэм а командэм щыджэгурт дуней псом щыцIэрыIуэ Яшин Лев зи пашэ футболист лъэрызехьэ куэд. Ещтрэчыр гупым фIы дыдэу хэзэгъащ икIи 1970 гъэм СССР-м и кубокымрэ чемпионатым и дыжьын медалымрэ къихьащ. А илъэс дыдэм къэралым и футболист нэхъыфI 33-м хабжащ.
Европэм и къэралхэм я кубокхэр зыIэщIэлъхэм я кубокыр къэхьын папщIэ зэпеуэм хэту 1972 гъэм финалым нэсащ икIи, СССР-м щыяпэ дыдэу, абы топ щыдигъэкIащ, Шотландием и «Глазго Рейнджерс»-м и гъуэр хигъащIэри. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, а зэIущIэр и кIэм нагъэсакъым икIи, стадионым къекIуэлIауэ я командэм дэщI шотландхэр губгъуэм къилъадэри, джэгур къызэпаудащ, иухыным дакъикъэ зыщыплI иIэжу. Ахэр иригузэват, 0:3-уэ езыгъэхьэхуу щытауэ, 2:3-м Iуэхур нэзыгъэсауэ адэкIи ерыщу ебгъэрыкIуэ «Динамо»-м и футболистхэм «Глазго Рейнджерс»-м текIуэныгъэр IэщIахыну. Куэдрэ лъэныкъуэхэр зэдэуа пэтми, зыри къикIакъым икIи и кIэм намыгъэса зэIущIэм и кIэух бжыгъэу 3:2-р къагъэнащ.
АрщхьэкIэ Ещтрэч Владимир гулъытэншэ хъуакъым. А илъэс дыдэм, 1972 гъэм, абы къыфIащащ «дунейпсо класс зиIэ спортым и мастер» цIэ лъапIэр.
Гъуащхьэтет цIэрыIуэ Яшин и иужьрей дыдэ зэIущIэми ар щыджэгуащ. Адыгэ щIалэр абы щапэщIэтащ дунейм и футболист нэхъыфIхэм икIи фIы дыдэу зыкъыщигъэлъэгъуащ.
1974 гъэм Ещтрэч Владимир Минск и «Динамо»-м хыхьащ. Белоруссием и командэ нэхъыфIми ар и пашэу щытащ. АрщхьэкIэ къыкIэлъыкIуэ илъэсым аргуэру Мэзкуу къашэжащ - иджы «Локомотив»-м. Абы къыщыдэджэгуа Сёмин Юрэ ныбжьэгъу нэс къыхуэхъуащ икIи топджэгум къыхэкIыжа иужькIэ зэгъусэу илъэс куэдкIэ тренер IэнатIэм пэрытащ, ехъулIэныгъэшхуэхэр зыIэрагъэхьэу.
Мэзкуу и «Спартак»-м (1965), «Динамо»-м (1968 - 1973), Минск и «Динамо»-м (1974), «Локомотив»-м (1975 - 1977) яхэту Совет Союзым футболымкIэ и лигэ нэхъыщхьэм зэIущIи 181-рэ щригъэкIуэкIащ Ещтрэчым икIи я хьэрхуэрэгъухэм топ 19 яхудигъэкIащ.
СССР-м и командэ къыхэхам зэIущIи 8 (топи 2 щыдигъэкIащ), СССР-м и олимп командэм зэIущIи 3 щригъэкIуэкIащ. КъищынэмыщIауэ, СССР-м и щIалэгъуалэ, РСФСР-м командэ къыхэхахэм куэдрэ ираджащ.
Топ джэгуныр щигъэта иужькIэ Ещтрэч Владимир тренер IэнатIэм жыджэру пэрыуващ. Япэ дыдэу абы щригъэжьащ Мейкъуапэ и «Дружба»-м. 1981 - 1982 гъэхэм къэбэрдей щIалэм игъэсащ къуэш Адыгейм и командэ нэхъыщхьэр. Абы щызыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэм гу лъатэри, 1983 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым къашэжащ. КъыкIэлъыкIуэ илъэсхэм Налшык и «Спартак»-м и тренер нэхъыщхьэу лэжьащ. 1989 гъэм Алжирым ирагъэблагъэри, абы и командэ нэхъыфIхэм ящыщ зы илъэситIкIэ игъэсащ. ИтIанэ, 1992 гъэм, Мэзкуу и «Локомотив»-м тренер нэхъыжьу ирагъэблэгъащ, иужькIэ тренер нэхъыщхьэу ягъэуващ. Игъасэ командэм щIыгъуу 2002, 2004 гъэхэм Урысей Федерацэм и чемпионатым и дыщэ медалхэр, 2005 гъэм дыжьыныр къыхуагъэфэщащ.
2011 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым къигъэзэжри, премьер-лигэм абы щыгъуэм щыджэгу «Спартак-Налшыкым» и тренер нэхъыщхьэу а илъэсым лэжьащ. Иджыпсту и унагъуэр и гъусэу Мэзкуу щопсэу.
Кърымыр къыдэзыгъэцIыхужа
Наурзокъуэ Юрэ
И ныбжьыр илъэс 80 ирокъу Налшык и «Спартак»-м и лъабжьэр зыгъэтIылъахэм ящыщ зы, дэнэ щIыпIэ щыIэми адыгэ Iуэхур япэ изыгъэщ топджэгу, гъэсакIуэ икIи щIэныгъэлI Iэзэ Наурзокъуэ Юрэ. Къэралпсо утыку ихьэну Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэр 1959 гъэм къыщызэрагъэпэщым ар япэу ирагъэблэгъащ, абы и тренер нэхъыщхьэуи тIэунейрэ щытащ. ИужькIэ щIэныгъэм зритри экономикэ щIэныгъэхэм я кандидат хъуащ икIи мыхьэнэшхуэ зиIэ къэхутэныгъэ зыбжанэ иригъэкIуэкIащ.
1939 гъэм мэлыжьыхьым и 5-м щIалэ цIыкIу къралъхуащ Налшык щыпсэу Наурзокъуэ Хьэмзэт и унагъуэм. Лъэныкъуэ куэд къызэщIэзыубыдэ гъащIэ хьэлэмэт ирихьэкIыну и натIэм къритхат абы. И жыджэрагъымкIэ адрей сабийхэм къахэщ Юрэ топ джэгуным пасэу зыхуигъасэу щIидзащ икIи псынщIэ дыдэу зэфIэкI лъагэ зэриIэр наIуэ хъуащ. Абы и ныбжьыр илъэс пщыкIутху ирикъуа къудейт Налшык и «Спартак»-м и балигъ командэм хагъэхьэу РСФСР-м и «Ипщэ» гупым джэгун щригъэжьам. КъыкIэлъыкIуэ гъэм Урысей Федерацэм и гуп къыхэхам ираджэри, Совет Союзым и чемпионатым хэтащ. А илъэс дыдэм Мэзкуу и «Динамо»-м ирагъэблагъэри, ныбжьыщIэхэм я зэпеуэм екIуу зыкъыщигъэлъэгъуащ. АрщхьэкIэ мыгувэу Къэбэрдей-Балъкъэрым къигъэзэжащ.
Наурзокъуэ Юрэ илъэситхукIэ Налшык и «Спартак»-м щыджэгуащ. А зэманым къриубыдэу зэIущIи 109-м хэтащ икIи, гъуащхьэхъумэу щыт пэтми, 12-рэ я хьэрхуэрэгъухэм я гъуэр хигъэщIащ. Командэм къыдыхэтхэр абы «джыназ»-кIэ къеджэрт, и теплъэмрэ зыIыгъыкIэмрэ дихьэхауэ.
Топ джэгуным къыхэкIыжа иужькIэ, Юрэ щIэныгъэм куууэ зритащ. 1969 гъэм ар аспирантурэм щIэтIысхьащ икIи экономикэ щIэныгъэхэм я кандидат хъуащ. Наурзокъуэр хуабжьу дихьэхащ къэхутэныгъэхэм икIи иджыпсту дызыгъэгузавэ ятIэпсыр бгыхэм къызэрыщыщиудым пэщIэтынымрэ псыкъиухэр къызэтегъэувыIэнымкIэ IэмалыфIхэр къызэригупсысам щыхьэт техъуэ патентхэр мыгувэу къратащ.
АрщхьэкIэ и псэм фIыуэ илъэгъуа топджэгум ар зэи къиутIыпщакъым. 1976 гъэм Совет Союзым футболымкIэ и япэ лигэм щытыкIэ гугъум щихуа Налшык и «Спартак»-р и IэмыщIэ къралъхьащ.
Илъэс зыбжанэ хъуауэ Наурзокъуэ Юрэ, и унагъуэр дэщIыгъуу, Кърымым щыIэщ. Адыгэхэр а хытIыгу ныкъуэм ижь-ижьыж лъандэрэ зэрыщыпсэуам щыхьэт техъуэ къэхутэныгъэхэр абы иригъэкIуэкIащ, а щIыпIэм и фIэщыгъэцIэхэр (топонимикэр) куууэ иджурэ.
Феодосие къалэм и «Море» командэм 1985 гъэм щыщIэдзауэ илъэсийкIэ зэкIэлъхьэужьу Юрэ и тренер нэхъыщхьэу щытащ. 1994 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым къигъэзэжри, Налшык и «Спартак»-р игъасэу хуежьащ. Абы и унафэм щIэту ди щIалэхэм зыхэт етIуанэ лигэм и «КъуэкIыпIэ» гупым ещанэ увыпIэр щаубыдащ, Воронеж и «Факел»-мрэ Краснодар и «Колос»-мрэ очкоитI-щыкIэ фIэкIа къакIэрымыхуауэ. Езыр щымыIэжами, Наурзокъуэм игъэтIылъа лъабжьэ быдэр сэбэп хъуащ къыкIэлъыкIуэ илъэсым налшыкдэсхэм япэ лигэм ягъэзэжынымкIэ.
1999 гъэм Наурзокъуэ Юрэ и тренер нэхъыщхьэу ягъэуващ Украинэм и лигэ нэхъыщхьэм щыджэгу Кърымым и командэ нэхъыфI дыдэ Симферополь и «Таврия»-м. Абы куэдрэ зыщиIэжьакъым икIи Адмирал Макаровым и цIэр зезыхьэ Кхъухьхэр ухуэнымкIэ лъэпкъ университетым Феодосие щиIэ политехникэ институтым и доценту лэжьапIэ уващ.
Нобэми спортми щIэныгъэми хэлъхьэныгъэфIхэр хуещI Совет Союзым, Урысей Федерацэм, Украинэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым я футболымрэ къэхутэныгъэ лэжьыгъэмрэ лъэужь дахэ къыщызыгъэна Наурзокъуэ Юрэ. Кърымым щыпсэуми зыщигъэгъупщэркъым щалъхуа адыгэ хэкур икIи, Iэмал иIэ зэрыхъуу, Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэж. Iыхьлыхэмрэ благъэхэмрэ къищынэмыщIауэ, псом хуэмыдэу абы зэпыщIэныгъэ быдэ яхуиIэщ топджэгу иным хишауэ щыта Iэпщэ Александр и унагъуэм, футболым къыдыхэтахэм, гъащIэм ныбжьэгъу къыщыхуищIахэм.
Жыласэ Заурбэч.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "665.txt"
} |
Чеченские песни о кабардинцах
В наше неспокойное время, когда политические перипетии, локальные конфликты, экономические трудности обусловливают процессы отчуждения веками живущих рядом народов, крайне необходимо, на мой взгляд, познакомить их с исторической памятью друг друга, в которой главное место занимают, пожалуй, взаимоотношения с соседями. А они, проверенные временем, самые искренние, уважительные.
Эта мысль заставила меня предложить широкому читателю две чеченские песни о кабардинцах. Песни такого рода - главная отличительная особенность художественного мышления чеченского народа: в его фольклорном наследии много песен, посвященных благородным русским, кабардинским, грузинским, калмыцким, осетинским и дагестанским юношам. Так красноречиво проявлялось бережное отношение чеченского народа к национальным чувствам, национальному достоинству своих соседей.
Эти изначальные нравственные установки, присущие всем северокавказским народам, исторически поддерживали их единство, особенно на трудных для них этапах истории.
Песни о кабардинцах - лишь небольшая часть огромного песенного пласта устного творчества чеченцев. Оно формировалось на протяжении многих веков. Морально-нравственные, этические и эстетические представления, накопленные народом в мифах и нартских сказаниях, сказках, легендах и преданиях, выдающейся башенной архитектуре, надписях и рисунках на камнях, получили свое дальнейшее продолжение и углубление в героико-эпических и исторических песнях (чеченцы их называют «илли»). Возникшие в XVI веке и развивавшиеся вплоть до конца XIX века, в условно хронологической последовательности они замыкают названные выше эпохальные пласты искусства народа. Песни логически завершают стройную череду формирования и взаимосменяемости форм и жанров фольклора, в которых запечатлелась эволюция художественного восприятия и осмысления народом разных этапов своей истории.
Илли - драматизированные песни-поэмы, крупнейший памятник героического эпоса чеченцев, одно из ярких проявлений их духовной культуры. Илли воссоздают сложный путь становления чеченского этноса, его мировоззрения, исторический оптимизм, веру в силу дружбы, доброты и справедливости, уверенность в грядущей свободе и счастье. Для илли характерна глубокая разработанность идей и образов, новизна поэтических красок, горячее дыхание сложной и героической истории народа. Интерес к илли проявляли А. С. Пушкин, М. Ю. Лермонтов, А. А. Фет, особенно Л. Н. Толстой, многие известные ученые России дооктябрьского периода и советской эпохи.
Подлинные шедевры поэтического слова во все времена создавались только тогда, когда в них правдиво запечатлевались судьбы народа, его радости и горести, мечтания и надежды. Героико-эпические песни илли - живая летопись истории чеченцев за последние четыреста лет, хотя, разумеется, и не документальная.
Формирование из разрозренных тейпов единого народа - процесс исторически долгий и сложный. Загнанные в горы под ударами сильных завоевателей, владычествовавших на Северном Кавказе, чеченские тейпы жили разрозненно, не консолидируясь в единую этническую общность. Формирование из многочисленных чеченских тейпов единого чеченского народа ускорилось благодаря усиленному заселению ими в XVI - XIX веках равнин Большой и Малой Чечни, контролировавшихся ранее, в период и после татаро-монгольского владычества, инонациональными князьями. Заселение и освоение этих земель происходило в процессе длительной борьбы против феодалов. Одновременно крепли экономические и культурные связи чеченцев с соседними народами. В это время возник и развивался жанр героико-эпических песен.
На плоскости образовывались поселения из представителей разных тейпов. На первый план выдвигались уже не кровно-родственные связи, а социально-экономические факторы. Начавшийся еще в горах процесс ломки патриархально-родовых отношений и зарождения феодализма получил дальнейшее выражение в плоскостных селениях - соседских общинах. Постепенно вырабатывался комплекс морально-нравственных и этических представлений, происходило формирование нового быта и уклада, без которых существование в новых условиях жизни - на равнине - было бы немыслимо.
В этих условиях усилилась социальная и экономическая дифференциация. Поэтому-то илли, выражая идеалы широких народных масс, глубоко демократичны. Появлению в героико-эпических песнях образа героя, преисполненного отваги, справедливости, щедрого и благородного, честного и преданного дружбе, во многом способствовали не только и не столько боевые схватки с иноземными феодалами, сколько формирующиеся социальные слои и, как следствие внутриродовых и социальных трений, выделение из неимущего слоя народа его заступника и борца.
Героические песни воспевают мужество, храбрость, дружбу, верность слову, нравственную чистоту, скромность, вежливость, уважение к женщине.
Одним из главных достоинств илли является и то, что в них нельзя найти и намека на оскорбление национальных чувств соседних пародов. Так, песенные герои выясняют отношения с кабардинскими, грузинскими, кумыкскими, калмыцкими князьями и Тарковскими шамхалами, к ним присоединяются и царские генералы. Тем не менее страны, в которых они живут, уважительно именуются Мать-Россия, Мать-Грузия, Мать-Кабарда, Мать-Калмыкия, Мать-Осетия, Мать-Тарки, Мать-Дагестан.
Сказанное, безусловно, подтверждают песни, вошедшие в настоящий сборник: «Илли о кабардинце Курсолте» и «Илли о князе Кахарме кабардинском». Они - красноречивое свидетельство уважительного отношения чеченцев к кабардинцам: не важно, кто они - князь Кахарма или не имеющий титула, но отважный, благородный, щедрый, верный слову и дружбе Курсолта. Оба героя, красивые внешне, вобрали в себя лучшие черты своего народа, его мудрую философию жизни.
Убежден, что в наше сложное время одним из действенных средств для сближения и взаимопонимания северокавказских народов является их история, полная фактов взаимовыручки и взаимопонимания, фольклор, в котором во всей полноте отразились их гуманные устремления.
Хасан ТУРКАЕВ,
доктор филологических наук, профессор.
г. Грозный
Илли о кабардинце Курсолте
В тихой долине, где Терек смиреннее,
Там основал и расширил селение
Старец почтенный, седобородый,
Дада - отец Центаройского рода.
Сильным - опора, слабым - защита,
Выросли в этом селенье джигиты:
Наитрусливейший - волка храбрее,
Наиленивейший - серны быстрее!
Солнцеподобная - близким на счастье,
Стан ее гибкий и облик милый
Точно вытачивал лучший мастер.
Выгнуты брови, как ветви кизила,
Змеями косы сбегают черные,
Очи, что ягоды горного терна,
Плечи округлые, тонкая талия.
Девушки краше в Чечне не видали
Да и нигде на земле, может статься!
Выросла дочь у почтенного старца.
I
Роем вкруг дивной красавицы вьются
Храбрые юноши Дады-Юрта.
…Старец почтенный пошел к мечети,
И, как мулла, перед всеми открыто -
Под облаками - на минарете
Кликнул клич громогласно: «Джигиты!
Гордые юноши нашего юрта!
Славитесь вы недаром как будто!
Слушайте, что говорить я буду:
Дочь у меня подросла - красавица,
Нежно воспитана - сами знаете.
Все вы желаете ей понравиться,
Все вы жениться на ней мечтаете.
Не за богатого дочь я выдам,
Не за мудрейшего из мудрецов.
Пусть ее муж не прельщает видом,
Лишь бы добыл он трех жеребцов.
Пусть эти три жеребца красивые
Будут столь схожи хвостом и гривою,
Мастью и резвостью, каждой статью,
Чтобы с трудом их мог различать я.
Кто жеребцов приведет мне таких,
Тот моей дочери - лучший жених!»
Юноши, слово услышав такое,
Разом лишились сна и покоя:
Тот, кто богат, побежал покупать,
Кто воровит, возмечтал своровать.
С сердцем разбитым, с душою угрюмой,
Тяжко вздыхая, совсем один
Брел, погружен в невеселые думы,
Юноша - честной вдовицы сын.
Брел к своей сакле джигит одиноко,
В горе свое погруженный глубоко.
Он - обездоленный сирота.
Сакля его и бедна, и пуста.
Сына встречает вдова у околицы.
Сердцем недаром она беспокоится:
Юноша горестью тяжкой убит.
Мать сироте своему говорит:
- Сын мой, надежда всей жизни моей!
Нет у тебя ни отца, ни друзей,
Не с кем печалью тебе поделиться,
Так расскажи, мой джигит яснолицый,
Матери, той, что тебя возрастила,
Чем огорчен ты, сынок мой милый?
- Мать, пред судьбою склонюсь я смиренно
Нынче сказал нам старец почтенный:
«Не за богатого дочь я выдам,
Не за мудрейшего из мудрецов.
Пусть ее муж не прельщает видом,
Лишь бы добыл он трех жеребцов.
Пусть эти три жеребца красивые
Будут столь схожи хвостом и гривою,
Мастью и резвостью, каждой статью,
Чтобы с трудом их мог различать я.
Кто жеребцов приведет мне таких.
Дочке моей - самый лучший жених!»
Тот, кто богат, побежал покупать,
Кто воровит, возмечтал своровать.
Я же, кто к бедности с детства приучен.
Кто воровству с малых лет не обучен,
Твой обездоленный сын молодой,
В горьком раздумье бреду я домой.
Из-за того, что бедны мы с тобою,
Из-за того, что мы скромно одеты,
Я не решался поспорить с судьбою,
Не приближался к красавице этой,
С ней никогда не вступал в разговоры,
Хоть на меня и бросала взоры
Девушка, горькой души отрада.
Мне же другой невесты не надо!
Мать, извини, что о ней говорю я,
Но от любви и печали горю я.
Нет у меня тяжелее беды.
Мудрого друга нет, нет тамады,
Старшего нет, кто меня повел бы,
Младшего нет, кто за мною пошел бы,
Нет у меня дорогого брата.
Видно, затем лишь меня родила ты,
Чтобы, тоскуя, блуждал я впотьмах,
Горе одно ниспослал мне Аллах!
Лучше мне было б на свет не родиться!
Не с кем печалями мне поделиться.
Только и есть у меня ты одна -
Мать моя, горестная вдовица.
Все, что ни скажешь, свершу я сполна.
- Сын мой, надежда моя и отрада,
Скорбная тень без отца и без брата,
В жизни отчаиваться не надо.
Может быть, девушка, сердца услада,
Все же придет в небогатый наш дом,
А не придет - велика ли утрата?
И не таких мы красавиц найдем!
Шла об отце молва наилучшая,
Был он отважный и мудрый воин.
Да и со мной не бывало случая,
Чтоб я отстала хоть в чем-нибудь.
Если окажешься нас недостоин,
Сам на людей постыдишься взглянуть!
Трех жеребцов - можешь быть спокоен!
В лавке не купишь, будь трижды богат.
И не найдется такой конокрад,
Чтоб ухитрился достать их бесчестно.
Так же, как ведомо повсеместно,
Где он, священный паломников дом:
Дом - посреди, а земля - кругом,
Так же известна всем сакля та,
Где кабардинец живет Курсолта.
Он, Курсолта, - человек знаменитый,
Нет в Кабарде храбрее джигита.
Ты отправляйся, сынок, в Кабарду:
Гордый Солта, он развеет беду.
Только отец был с ним равен силой, -
Сыну-джигиту вдова говорила.
И материнские выслушав речи,
Взял он серебряную уздечку,
Вывел поджарого скакуна
Вон из бревенчатого сарая -
Конь чистокровный плясал, играя!
Он привязал коня к коновязи,
Тонким черкесским седлом покрыл,
Сбруей украсил, достойной князя,
Споро в далекий путь снарядил.
Тут же и сам джигит понемногу
В дальнюю стал собираться дорогу.
Платье надел на себя дорогое,
Словно самими княгинями сшитое,
Саблю отца захватил с собою,
Взял он с собою ружье знаменитое,
Шапки каракуль он сдвинул на брови,
Стиснул в руке свистящую плетку,
Вышел из комнаты легкой походкой
Славный джигит этот - отпрыск вдовий.
Грыз удила его конь поджарый.
Всадник взлетел на коня, как будто
Ястреб на верх могучей чинары.
Выехал юноша из Дады-Юрта.
Словно под вечер солнце с землею -
Так он расстался с саклей родною.
Так же как в клуб офицер отправляется,
Так, как мужик к Тереку спускается,
Так он отправился в Кабарду -
То ли на радость, то ль на беду.
II
Всадник с конем говорит по дороге:
- Друг, хоть в ответ ты не скажешь ни слова,
Верю - поймешь ты мои тревоги.
Щедро кормил я тебя, гнедого,
Светлой весною - травами горными,
Летней порою - овсами отборными.
В осень зерна не жалел для коня,
В зиму - вареного ячменя.
Я за тобою, за жеребёнком,
Нежно ходил, как за малым ребёнком,
Мылил и чистил, ладонями гладя,
Спереди челку твою - от ветра,
Гриву твою, чтоб не портилась, - сзади…
Слушай, хоть ты и не дашь мне ответа,
Ты, кто бы мог заменить мне брата!..
Трех жеребцов вдруг да купит богатый,
Кто воровит, может их своровать,
Мы же с тобою - особая стать.
Мне, злополучному сироте,
Что остается?.. Спешить к Курсолте!
Если на пользу пойдут им старания,
Если желающий покупать
Или мечтающий своровать
Трех жеребцов раздобудет ранее,
Девушка эта пойдет не к нам!
Вот будет горе, и стыд, и срам!
И потому, мой скакун любимый,
День предстоит нам ни с чем несравнимый,
Больше не будет такого дня!
Не посрами же чести коня!
Если тебя, гнедой, пожалею,
То расплачусь я жизнью своею,
Если себя пожалею я,
Станет расплатою жизнь твоя.
Гибкий свой хвост поднимает он,
Верный скакун, что с любовью взращен,
Хоть и не знающий языка,
Понял все мысли наверняка
И, точно вихрь, понес смельчака.
Только натянет джигит поводья -
Конь в поднебесье, взлетев, уходит.
Только отпустит поводья джигит -
В землю скакун уйти норовит.
Скачет-несется конь чистокровный.
Прянет - хребет рассекает горный.
Прыгнет - минует ущелье длинное,
Словно проскальзывает долиною.
Благодаря стараньям коня
Задолго до окончанья дня,
Горную миновав гряду,
Прибыл чеченец-джигит в Кабарду.
Улица светом заката облита.
Там, где дороги крутой поворот,
Видит приезжий: сошлись джигиты.
Там - кабардинских джигитов сход.
К ним обращается сын вдовы:
- Ассалам алейкум! Счастливой беседы!
Силой и доблестью славитесь вы,
К вам я не зря издалека еду!
И кабардинские молвят джигиты:
- Ва алейкум салам, джигит незнакомый!
Коль в гости приехал, с коня сойди ты
И в Кабарде у нас будь как дома.
Если по делу, то вымолви слово -
Гостю помочь кабардинцы готовы.
- С гостем хлопот у вас будет немного:
В дом Курсолты покажите дорогу.
Верно, известна вам сакля эта?
- Так же, как ведомо белому свету,
Где он, священный паломников дом:
Дом - посреди, а земля - крутом.
Так же известна всем сакля та,
Где он живет - джигит Курсолта…
Младшему тут же велели джигиты:
«Гостя живей к Курсолте проводи ты!»
На брови белую сдвинув папаху,
Огненными очами сверкая.
Тонкою саблей небрежно играя,
Гордый джигит, не знавший страха,
Он восседал пред своим порогом
Низко на стуле аварском, треногом.
Вечера он созерцал красоту.
Так сын вдовы увидал Курсолту.
- Ассалам алейкум, здоров будь, джигит!
Ты, что по всей Кабарде знаменит!
Счастье да будет с тобой, Курсолта!-
Молвил чеченский джигит-сирота.
- Ва алейкум салам, мой гость незнакомый!
В гости ты прибыл? Иль, может, по делу?
Если по делу, рассказывай смело.
Если же в гости, так будь как дома.
Слушай, с гнедого коня сойди-ка.
Сядем на русские стулья с тобою.
Лучшие вина нальет нам Альбика,
Блюда подаст с обильной едою, -
Вот что чеченцу сказал Курсолта.
И отвечал сын вдовы - сирота:
- Друг, благодарность тебе приношу я.
Слушай внимательно то, что скажу я:
Там, где становится Терек смиреннее,
Там основал и расширил селение
Старец почтенный, седобородый,
Дада - отец Цонтаройского рода.
Жили мы с матерью с ним по соседству.
Дочь старика приглянулась мне с детства.
И на меня она взоры бросала.
Сердце красавицу эту избрало.
Старец однажды пошёл к мечети.
Вот что сказал он на минарете:
«Не за богатого дочь я выдам,
Не за мудрейшего из мудрецов.
Пусть ее муж не прельщает видом.
Лишь бы добыл мне трех жеребцов,
Пусть эти три жеребца красивые
Будут столь схожи хвостом и гривою.
Мастью и резвостью, каждой статью.
Чтобы с трудом их мог различать я.
Кто жеребцов приведет мне таких.
Дочке моей - наилучший жених!»
Тот, кто богат, побежал покупать,
Кто воровит, возмечтал своровать!
Смалу я не был к богатству приучен,
Матерью я воровать не обучен.
Брата лишен я, лишился отца.
Нане излил я тоску до конца.
Вот что мне мать отвечала на это:
«Так же, как ведомо белому свету,
Где он, священный паломников дом:
Дом - посреди, а земля - кругом,
Так же известна всем сакля та,
Где в Кабарде живет Курсолта.
Гордый Солта - он джигит знаменитый,
Лучшего не было в мире джигита.
Сын мой, сыщи Курсолту в Кабарде,
Он, Курсолта, и поможет в беде…»
Время мне дорого. Сам посуди-ка:
Если за стол я усядусь с тобою,
Если вина поднесет нам Альбика,
Если поставит блюда с едою.
Если с тобой поведу разговоры,
Могут меня обогнать богатеи.
Опередят меня сельские воры -
Трех жеребцов раздобудут быстрее,-
Вот что сказал Курсолте сирота.
И отвечает ему Курсолта:
- Сын мой, прибывший сюда издалека,
Очень скромна твоя просьба-речь,
Думал я: горе твое жестоко -
Мать-Кабарду я должен поджечь!
Трех жеребцов одинаковой масти
Можно достать, это - труд невеликий.
Но лишь сегодня достиг я счастья,
Свадьбу сегодня сыграл я с Альбикой.
Нет, этой ночью не сдвинусь я с места,
Из дому я никуда не поеду.
Не поглядев на красу невесты,
Не заведя с ней мирскую беседу.
В путь не зови ты сегодня меня,
Ты пережди эту первую ночь.
Будь моим гостем, сойди с коня.
Завтра успею тебе помочь.
Гость повернул к воротам гнедого.
В гневе такое сказал он слово:
- Что ж, оставайся с невестою белой,
Ждать ни одной я не буду ночи!
Хочешь свое довершить ты дело,
Дело мое отложить ты хочешь.
Не о тебе говорила мне мать.
Еду другого Солту искать!
Но Курсолта стальною рукою
Крепко схватил коня за узду:
- Что ты еще задумал такое?!
Что ты затеял мне на беду?!
С миром меня ты решил поссорить,
Имя мое захотел опозорить?!
Видимо, тот, кто вдовою воспитан, -
Как ни была бы разумна мать! -
Не понимает шуток джигитов:
Думал я только тебя испытать.
Если хоть где-нибудь в мире кобыла
Трех жеребцов-близнецов породила.
Как бы далеко ни было это,
Будут они во дворе к рассвету!
А не окажется на заре
У коновязи здесь, во дворе,
Трех жеребцов, что равно красивы,
Схожи друг с другом хвостом и гривой.
Знай, что погиб Курсолта-джигит.
Знай, что врагами джигит убит.
Слушай, мой гость, в комнатушке маленькой
Мягкую нынче постель постлали мне.
Ляг на нее, отдыхай, вдовий сын,
Дело твое совершу я один.
Но на твоем скакуне проворном -
Уж разреши! - я отправлюсь в поход.
Конь мой пасется на пастбище горном.
Стану искать - целый день пройдет.
Словно бы ястреб на верх чинары,
Сел Курсолта на коня поджарого.
Солнце еще не успело зайти,
Красный закат горел на земле,
А Курсолта уже был в пути.
Сидя в удобном кленовом седле,
К цели спешил он, удачу клича,
Мчался, как ястреб летит за добычей.
Юный джигит, хоть устал с пути,
Все ж постеснялся в саклю войти.
Лишь с наступлением темноты
Тихо прилег на постель Курсолты.
Этого знать не могла Альбика.
Робко вошла и легла Альбика
Рядом с джигитом порой ночной:
Думала - это лежит Курсолта.
И, не открыв от смущенья рта,
К ней повернулся джигит спиною.
Рядом лежал он и глух и нем.
И удивилась тому Альбика,
Та, что, как солнце, золотолика:
«Видно, меня он не любит совсем?
Ласки и радости я не вижу!»
К мужу она подвигается ближе.
Но отодвинулся сын вдовы,
К девушке не повернув головы.
И все старания устремя,
Чтоб не притронуться к ней как-нибудь,
Все же нечаянно юную грудь
Пальцами он задевает двумя.
Саблю тотчас же джигит извлек,
Пальцы отсек, завязал в узелок
И положил узелок на окно.
Думал, того не видала Альбика -
В комнате было темным-темно.
Гнев на Альбику нашел великий:
«Ну, Курсолта! Задумал жениться,
В дом свой друзей без числа привел
И усадил за свадебный стол
Лишь для того, чтобы пред всеми хвалиться:
«Стала Альбика моей женой!»
Будет с меня!.. Ухожу домой!»
Бросилась к двери. В ту же ночь
Снова к отцу возвратилась дочь.
III
А Курсолта на коне поджаром
Скачет и отдыха знать не хочет.
Ночь эта Божия стала короче.
Скачет он городом Белькузаром.
В городе том - как молва сказала -
Заперты крепко у генерала
Три жеребца в железном сарае.
И Курсолта, как будто играя,
Тяжкий железный сломал засов,
Вывел на волю трех жеребцов,
Схожих друг с другом во всех их статях,
Так что непросто всех трех различать их.
Только лишь звезды ушли с небосклона,
Вспыхнул рассвет над долиной зелёной -
Прибыл джигит Курсолта в Кабарду,
Трех жеребцов он вел за узду.
Трех жеребцов, что достойны князя,
Он во дворе привязал к коновязи.
В комнату быстро вошел, где спит
Гость молодой, сирота-джигит.
Тронув рукою его за плечо,
Стал Курсолта говорить горячо:
- Друг, подниматься с постели надо!
Прибыл я из Белькузарграда,
Слово своё сдержав, на заре.
Встань, погляди - стоят во дворе,
Крепко привязаны к коновязи
Три жеребца, достойные князя,
Мастью красивою радуя глаз.
Слушай, пока рассвет не погас.
На небо солнце взошло лишь частью
С ними домой поспеши на счастье! -
Так кабардинец сказал, Курсолта.
Живо поднялся джигит-сирота,
Трех жеребцов держа за узду,
Сел на гнедого, чтоб в путь пуститься,
Чтобы покинул с утра Кабарду.
И провожая его до границы,
Так говорит ему Курсолта:
- Жаль, что покинешь ты наши места,
Что ненадолго зашёл в мой дом.
Век бы тебя нам не отпускать бы!
Гость мой, прошу тебя об одном:
Ты не устраивай пышной свадьбы
Раньше, чем в гости к тебе не приеду,
Раньше, чем мы не продолжим беседу.
Сколько для пира нужно скота,
Водки зелёной, цветного вина -
Всё привезу тебе я, Курсолта,
Всё на себя я беру сполна.
Пир для тебя и друзей устрою,
Всех накормлю я щедрой рукою,
Ты же пока пребывай в покое.
На пограничное вышли место.
- Где же Альбика - моя невеста?
Что-то я в доме ее не встречал…
Гость на вопрос Курсолты смолчал,
Благодаря его за услугу.
Так и расстались два доблестных друга.
IV
В час, когда звёздочки с неба ушли,
Схлынула с неба ночная мгла,
Зори согрели лицо земли,
И с минарета воззвал мулла.
В час, когда набожные встают,
Въехал джигит в свой родной Дады-Юрт
И во дворе своей девы-отрады
Трёх жеребцов из Балькузарграда,
Трёх скакунов, что достойны князя,
К трём привязал рожкам коновязи.
Тою же утреннею порой
К матери он поспешил, домой.
И увидал их старец почтенный,
Выйдя для утреннего намаза.
Трёх жеребцов, приятных для глаза,
Трёх жеребцов красоты отменной,
Трёх скакунов одинаковой масти
Старец увидел себе на счастье.
- Кто их привел, раздобыл их кто же
Трёх жеребцов, что друг с другом схожи?
Спрашивал всех в ауле старик.
Дочке задал вопрос напрямик:
- Дочь, дорогая, скажи открыто,
Знаешь ли имя того джигита,
Кто жеребцов раздобыл красивых,
Тех, что друг с другом схожи на диво
Мастью и статью, хвостом и гривой?
Девушка та, что глазам услада,
Так отвечала: «Добрый мой дада!
Не упрекни, что прямо говорю,
Не упрекай, ничего не скрою:
Ранней порой я пошла за водою,
Вижу, джигит, что взращен вдовою,
Тихо ведёт коня к водопою.
Потом покрыт его конь удалый.
Дышит скакун тяжело, устало.
Думала я, на джигита глядя:
«Верно, добыл он сегодня даде
Трёх жеребцов, чьи столь схожи стати»».
Только услышал старик о том,
Сына вдовы пригласил он в дом
И, оказав уваженье, ласку,
Впряг наилучших коней в коляску,
И дорогие дары положив
Там, где нашлось им в коляске место,
Дочку-красавицу в ней усадив,
Зятя отправил с белой невестой.
Только умчалась коляска та,
Прибыл на свадьбу джигит Курсолта.
Слова сдержав, как велела честь,
К другу спешит он с приветом и лаской.
В гнутой коляске подарков не счесть -
Столько их, сколько вмещает коляска.
А на дороге - табун коней,
Жирных овец и баранов много.
Движутся овцы между камней -
Столько их, сколько вмещает дорога.
Целый табун, целый гурт скота
У богачей угнал Курсолта.
Другу на свадьбу джигит привёз
Водки зелёной, вина - целый воз.
Стол во дворе водружен ольховый,
Заняли гости свои места.
Стал тамадой на пиру Курсолта,
И, обратив к нему своё слово,
Так говорит жених, его друг:
- Эй, Курсолта, погляди вокруг!
Здесь собрались все красавицы наши,
Выбери ту, что, по-твоему, краше.
Всех повнимательней огляди-ка!
Нынче тебя мы просватать должны,
Ведь от тебя убежала Альбика.
Ты, Курсолта, теперь без жены.
Надо тебе поскорее жениться!
И Курсолта стал разглядывать их -
Стройных красавиц пришедших на свадьбу
«Не промахнуться бы, не прогадать бы! -
Думает славный джигит, беспокоясь.-
Все они - ясные звезды точь-в-точь».
Но за стеклянным окном - по пояс -
Вдруг старика показалась дочь
Перед взволнованным Курсолтою
И ослепила его красотою.
Снова спросил его сын вдовицы:
- Выбрал ли ты из сидящих вокруг
Ту, на которой хотел бы жениться?
«Что мне сказать тебе, добрый друг?..
Девушки тут собрались на диво:
И хороши собой, и учтивы,
Но поглядела одна в окно -
Стало в глазах у меня темно.
Там, за стеклом, показалась девица…
Если бы мог я на ней жениться,
Лучшей жены Курсолте не надо,
Я полюбил её с первого взгляда!» -
Вот что сказал джигит Курсолта.
И побледнел сын вдовы неспроста:
- «Рад за тебя, Курсолта, мой друг!
Сколько бы ты ни глядел вокруг,
Лучше тебе не сыскать, дорогой.
Нет в целом свете такой другой,
Хоть все глаза проглядел бы, глядя.
Это двоюродная сестрица -
Дочь моего любимого дяди.
Можешь на ней, Курсолта, жениться».
И обратился к гостям сын вдовицы.
Славным гостям он сказал учтиво:
«Слушайте, гости, меня без гнева.
Благодарю вас, что к нам пришли вы,
Что посетили вы нашу свадьбу.
Нынешний пир придётся прервать мне.
К новому пиру готовьтесь все вы,
Ну а пока по домам расходитесь,
И не браните меня, не сердитесь!
Гости покинули пышный стол.
Следом сын вдовицы ушёл,
Впряг он в коляску коней поджарых,
Взял для Солты он много подарков.
К милой своей приходит джигит,
Тяжко вздыхая, он ей говорит:
«Слушай меня, моих глаз отрада.
Слушать тебе со вниманием надо,
Как жеребцов столь схожих достал я:
Мне помогал Курсолта удалый.
Я к Курсолте поскакал в Кабарду.
Чтоб рассказать про свою беду.
Мне показали джигиты дорогу.
Он восседал пред своим порогом
Низко на стуле аварском, треногом.
Я рассказал ему - в чем мое дело.
С места, немедля, сорвался смелый,
Чтоб не печалился я, сирота!»
Вот что сказал тогда Курсолта:
«Если хоть где-нибудь в мире кобыла
Трех жеребцов-близнецов породила,
Как бы далеко ни было это,
Будут они во дворе к рассвету!
Видишь, вот там, в комнатушке маленькой,
Мягкую нынче постель постелили мне.
Ты отдыхай на ней, сирота!» -
Так он сказал, джигит Курсолта,
Сел на коня и пустился в дорогу.
Днём я, робея, сидел у порога.
Лишь с наступлением темноты
Тихо прилёг на постель Курсолты,
Занял его, жениховое, место.
Это не знала Альбика, невеста.
Рядом легла порою ночною.
Думала, с нею лежит Курсолта.
И, не раскрыв от смущения рта,
Я повернулся к Альбике спиною.
Верно, ей казалось дико -
Ближе придвинулась к мужу Альбика.
Я попытался её оттолкнуть.
Два моих пальца задели грудь.
Тут же я верную саблю извлёк,
Пальцы отсёк, завернул в узелок
И положил узелок на окно.
В комнате было темным-темно,
И ничего не видала Альбика.
Гнев охватил её, видно, великий:
Встала она, убежала прочь.
Верно, к отцу возвратилась дочь.
Верно, она Курсолту проклинает,
А Курсолта того и не знает.
Я предложил ему нынче: «Друг!
Ты огляди всех красавиц вокруг,
Выбери самую наилучшую -
Станет она женой Курсолты».
А Курсолте приглянулась ты.
Ибо ты - солнышко золотолучее!
Слово джигита я соблюду,
Хоть без тебя мне и свет не мил,
Ты с Курсолтой поезжай в Кабарду.
Только все то, что сейчас говорил,
Радость моя, моих глаз услада,
Передавать Курсолте не надо!»
И отвечает ему девица,
Чьей красотою Чечня гордится:
- «Жизнь не мила мне, друг, без тебя
Но чтоб не быть позору-стыду,
Всею душою тебя любя,
Я отправляюсь в Мать-Кабарду.
Всё, что сказал ты, всё так и сделаю,
Стану женой Курсолты без спора я».
С другом прощается сын вдовицы:
- Быть у тебя на пиру не могу я,
Это же - двоюродная сестрица.
Если на свадьбе твоей я буду,
То обо мне подумают худо,»
Вот что сказал он, бывший жених,
И в Кабарду их отправил, двоих.
И Курсолта в коляску рессорную
Сел, весь блистая, с невестой белою
И поскакал в Кабарду родную.
V
Кони помчались дорогой знакомой,
И показались родные места.
Прибыл в аул, к родному дому,
С белой невестой джигит Курсолта.
Свадьбу богатую весело правит,
Гости хозяина щедрого славят
И за столом угощаются вволю.
Длится семь дней, семь ночей застолье.
И наконец на восьмую ночь
Входит к невесте жених горячий.
Входит и видит, что горько плачет
Гордой Чечни ясноглазая дочь.
И Курсолте это вовсе не нравится.
Так говорит он чеченской красавице:
- «Слушай меня: если конь не по нраву,
С ним расстаюсь я тотчас же, право.
Если красавица мной не довольна,
Эта красавица мне не нужна.
Мне ты покуда еще не жена,
Я не коснулся тебя и невольно
Ты, как была, так осталась чиста.
К даде тебя отвезёт Курсолта».
И отвечает ему девица,
Чьей красотой вся Чечня гордится:
- «Да не спознаешься ты с неудачею!
Лучше джигита не видано сроду.
Нет, Курсолта, не от горя плачу я.
Просто, мне вспомнились детские годы.
- «Счастлива, девушка милая, будь ты!
Сколько живу - не видывал сроду,
Чтобы рыдали так горько люди,
Вспомнив давнишние детские годы».
Правду скажи мне, прошу, без стеснения
Дай своим горьким слезам объяснение.
Если всей правды не скажешь, красавица,
С жизнью своей я сумею расправиться -
В сердце пущу себе пулю свинцовую.
Ночь не пройдет, как сдержу свое слово я».
И говорит ему глаз услада:
-«Всюду, куда ни ступлю, - преграда:
Если всю правду тебе поведаю,
Будет разгневан сын честной вдовицы.
Если по-прежнему буду таиться,
Ты, Курсолта, умрёшь до рассвета.
Все же я правду тебе открою!
Слёз и тоски назову причину.
Всё расскажу про вдовьего сына.
В час, когда ты находился в дороге,
Он, посидев у тебя на пороге,
Лёг на постель, на твое же место.
Вскоре явилась твоя невеста
И посчитала, что он - Курсолта.
Рядом легла порою ночною.
И не раскрыв от смущенья рта,
К ней повернулся джигит спиною.
Вздумала девушка лечь впереди -
Он попытался её оттолкнуть
И прикоснулся к её груди:
Два его пальца задели грудь!
Верную саблю свою он извлёк,
Чтоб пред тобой ему быть неповинным,
Пальцы отсек, завязал их в платок -
Вот что случилось со вдовьим сыном!
Пальцы в платочке лежат на окне.
Весь узелок в крови его алой.
Жалко джигита сделалось мне -
Вот почему я так горько рыдала.
Дальше, наверное, лгать не годится:
Сыну вдовы я - совсем не родня.
Он с малолетства любит меня,
Это на мне он хотел жениться.
Мне без любимого жить невмочь.
Я - старика Цонтаройского дочь».
Честный джигит усмехнулся чему-то,
Даже обрадовался как будто:
- «Вовремя правду узнал Курсолта.
К счастью, невеста друга чиста,
Если бы только было иначе,
Если б коснулся тебя хоть рукою,
Я бы вовеки не знал покоя
И никогда не увидел удачи!»
Птицей взлетев, поскакал стремглав
Гордый Солта на коне удалом.
Свадебный поезд поспешно собрал он.
Девушек лучших, джигитов созвав.
В гнутых колясках на мягких рессорах -
Самых богатых подарков ворох.
Девушки стройные и джигиты,
Те, что отвагой своей знамениты,
Звонко смеются и в бубны бьют -
Свадебный поезд спешит в Дады-Юрт.
С пандуром, с бубном несется поезд.
Рядом с красавицею устроясь,
В гнутой коляске с ней сидя вплотную,
Обнял джигит сноху молодую.
(Обнять жену друга с родственными чувствами у чеченцев допускается).
Свадебный поезд - путем весёлым
Мчится, грохочет по высям и долам,
И наконец - в середине дня -
Солнцем встречает их Мать-Чечня.
Поезд въезжает во двор вдовы -
Дверь её нынче для всех отперта.
И чтоб пустой избежать молвы,
Всем объявляет джигит Курсолта:
- «Слушайте те, кто теснится вокруг,
Слушайте те, что подальше стоят!
Сын этой честной вдовы - мой друг,
Он для меня - все равно что брат.
Старый мой долг я ему вернул.
За горы, в свой кабардинский аул,
Я увозил невесту его,
Чтобы отпраздновать там торжество.
Семь долгих дней, семь долгих ночей
Мы в Кабарде пировали моей,
А как восьмая надвинулась ночь,
К вам я вернулся с моей дорогой,
С дивно прекрасной моей снохой.
Вот она, старца почтенного дочь!
К вам я сокровище ваше привёз.
Братья чеченцы, садитесь за стол!
Мчался наш поезд веселой дорогой!
Водки, вина я навёз вам много.
Мясо горою лежит на подносе.
Кушайте, сколько душа ваша просит.
Семь светлых дней, семь темных ночей
Будет накрыт этот стол для гостей!»-
Так свою речь завершил Курсолта.
А завершив, поспешил Курсолта
К другу любимому - сыну вдовицы,
Чтобы ему наконец открыться. -
«Вслушайся, друг, в смысл моих речей:
Правил я свадьбу семь дней, семь ночей,
С той, что назвал ты сестрицей твоей,
И заглянул на восьмую ночь
В комнатку ту, где была она -
Гордой Чечни звёздоглазая дочь.
Вижу, что плачет она у окна.
Стал я расспрашивать, почему
Девушка плачет в моем дому,
Может случиться - даров ей мало?
Долго она отвечать не желала.
Стал я просить: «Говори без стеснения,
Дай своим горьким слезам объяснение.
Если не скажешь всей правды, красавица,
С жизнью своей поспешу я расправиться,
В сердце пущу себе пулю свинцовую», -
Так я сказал и сдержу свое слово я.
И, пожалев меня, всё мне поведала
Сердца отрада, глазам услада.
Ты не сердись на неё из-за этого,
В сердце своём не таи досады!»
VI
Заняли гости свои места,
Снова возглавил стол Курсолта.
Снова рекою вино потекло.
И, никому не сказав ни слова,
Вышел жених, оседлал вороного
И, словно ястреб, вскочил в седло.
Как офицер, что в клуб отправляется,
Словно мужик к реке спускается,
На скакуне быстроногом летит,
В Кабарду стремится джигит.
Вот Курсолты белостенный дом.
Конь под оконцем замедлил бег.
Видит вдовицын сын под окном
Шелковым связанные платком
Пальцы лежат - те, что он отсёк.
Сунул в карман узелок молодец.
Улицей узкою, незнакомой
Путь свой направил к другому дому,
Где проживает Альбикин отец.
- Ассалам алейкум! День добрый вам! -
Старцу чеченец принес свой салам.
- Ва алейкум салам! Живи с добром!
Да осенит тебя милость пророка!
Гость незнакомый, мой дом - твой дом!
Рад тебя видеть, пришелец издалека!
Если сюда ты приехал по делу,
Ежели помощь нужна - расскажи!
Все без утайки поведай смело.
Я помогу тебе, пока жив!
Если ты в гости - слезай с коня!
Переночуй, отдохни у меня! -
Вот что чеченцу сказал старик.
И отвечал джигит напрямик:
- Старец, в довольстве живи и холе!
Здесь, в Кабарде, не по доброй я воле
И не могу провести здесь ночи.
Дело моё - короткое очень.
Дада, за то, что помочь мне хочешь,
Благодарение этому дому!
Прибыл сюда я по делу чужому.
Горя-беды я на вас не накликаю.
Ты разреши мне, почтенный дада,
С дочкой твоей повидаться - Альбикою,
Мне побеседовать с нею надо.
- Что ж, я тебе не чиню препятствий.
Дочь моя милая снова дома.
- Маршалла, славная Альбика, здравствуй!
- Маршалла и тебе, гость незнакомый!
Послан ты кем-нибудь к дому нашему?
Ты уж прости, что тебя расспрашиваю.
Кто ты такой? Из какого края?
Я почему-то тебя не знаю, -
Вот что сказала чеченцу Альбика -
Та, что, как солнце, золотолика.
И отвечал ей джигит из Чечни:
- Пусть будут ясными твои дни!
Чтобы печалей ты не видала!
Ты ведь и вправду меня не знала,
Я же, Альбика, давно тебя знаю.
Здесь я по делу, никем не послан.
Кто я такой, из какого края -
Все я тебе поведаю после.
В дом ваш, Альбика, я прибыл с просьбой.
Просьба моя - к тебе, златоликая.
Если не выполнишь просьбы гостя -
Гость, не открывшись, простится с Альбикою.
Если исполнишь просьбу, тогда я
Все расскажу, ничего не скрывая.
Выполнишь просьбу? Ответь мне сначала!
Кротко Альбика ему отвечала:
- Гостя желание - жизни дороже.
Думаю, ты не поступишь худо.
Только не терпится знать мне: кто же,
Кто ты, наш гость? Приехал откуда? -
Снова спросила Альбика джигита.
- Слушай, Альбика, скажи открыто:
Из-за чего убежала ты
От кабардинского Курсолты? -
Так вопрошает сын честной вдовицы.
- Гостя обманывать не годится.
Если доверия не заслужу,
Как тогда людям в глаза погляжу?!
Лгать с малолетства и не умела.
Я расскажу тебе, как было дело.
От Курсолты потому я бежала,
Что не любил он меня нимало.
Видно, женился на мне для того,
Чтоб увидали его торжество,
Чтоб говорил весь аул: «Гляди-ка,
Замуж пошла за него Альбика!..»
Семь светлых дней, семь темных ночей
Он, Курсолта, угощал гостей.
Лишь на седьмую ночь еле-еле
Гости все жирные яства доели.
Только спустилась ночная мгла,
В комнату малую я пошла.
Вижу: лежит Курсолта на постели.
Рядом легла я порою ночною.
Он повернулся ко мне спиною.
Я попыталась лечь впереди.
Он захотел меня оттолкнуть
И прикоснулся к моей груди -
Два его пальца задели грудь.
Острую саблю тогда он извлек,
Пальцы отсек, завязал в платок
И положил узелок на окно.
Все я видала, хоть было темно.
Если ему так противно оно -
Тело моё, моя грудь и кожа,
Мне у него остаться негоже,» -
Вот что сказала, вздыхая, Альбика -
Та, что, как солнце, золотолика.
Выслушай то, что на сердце лежит. -
И рассказал ей всю правду джигит.
Выложил все, ничего не тая:
Ты погляди, вот - рука моя!
Смотрит и видит Альбика в тоске:
Только три пальца на этой руке!
И пожалела она до слёз
За то, что увечье себе нанёс.
Бог да хранит тебя, сын вдовицы!
Лучше мне было на свет не родиться!
Что ж тут поделать! Грусти не грусти -
Пальцам отрубленным не отрасти!
Добрый джигит и без пальцев в чести!
Все же помочь бы тебе я хотела.
Ты расскажи мне, в чём твоё дело.
Все расскажи мне, доверься Альбике».
- «Пир в нашем доме сейчас великий.
Льётся вино за столом, как вода.
А угощает гостей Курсолта.
А Курсолта за столом - тамада.
Честью прошу: возвращайся ты
Вместе со мною в дом Курсолты!
Пред Курсолтой я в большом долгу».
- «Что же, джигит! Я тебе помогу».
Не колебалась Альбика нимало,
Тут же отцу посланца послала.
Старый отец снарядил сё в путь.
Подал коляску на мягких рессорах,
В гнутой коляске не что-нибудь,
В этой коляске - подарков ворох.
Рядом с Альбикой усевшись вплотную,
Обнял чеченец сноху молодую.
Мчится с ней вместе в аул Курсолты,
Чтобы доехать до темноты.
Мяса они с собой захватили.
Водки зелёной - сотни бутылей.
Только приехав, накрыли стол.
Тотчас на пир весь аул пришёл,
Чтобы от сердца повеселиться.
И возгласил сын честной вдовицы:
- «Будьте вы счастливы, кабардинцы!
Кушайте, гости, и пейте вволю!
Да не кончается это застолье!
Семь дней, семь длинных ночей
Стол этот будет накрыт для гостей!»
Всех накормив, напоив до отвала -
Много гостей за столом пировало! -
Семь долгих дней, семь ночей веселясь,
И, наконец, с Дады-Юртом простясь,
Средь молодых поезжан, точно князь,
Вновь устремился в родные места,
Едет к себе в Кабарду Курсолта.
Едет, задумавшись, долгой дорогой.
И Курсолту удивляет немного:
«Где же джигит, где вдовий сын?
Как же со свадьбы ушёл он один?»
Правит поджарым и не спешит
Гордый Солта - кабардинский джигит.
Но, приближаясь к аулу родному,
Но к своему подъезжая дому,
Слышит он музыку там и веселье,
Слышит он пира широкого гул.
«Празднует что-то родной мой аул.
Свадьбу справляют иль новоселье?
Кто в моём доме средь белого дня
Пьёт и поёт за столом без меня?»
Рады джигиты ему отвечать бы.
Да и они не поймут причины.
К дому подъехав, увидели свадьбу
И тамаду - вдовьего сына.
- «Ассалам алейкум, мой друг-сирота!
Мёд да вкушают твои уста! -
Ближе подъехав, сказал Курсолта».
- «Ва алейкум салам! Живи ты с добром!
Вовремя ты возвратился в свой дом!
Мы за тебя и Альбику пьем!»-
С речью такою поднял джигит
Рог, что вином дорогим налит.
И, отхлебнувши один глоток,
Он передал Курсолте этот рог.
Рог золотой держа возле рта,
Так отвечал джигит Курсолта:
- «Будьте здоровы, друзья-джигиты!
Видел я тех, что не зря знамениты.
Но не встречал до сих пор вокруг
Верных таких, как чеченец - мой друг.
Если бы небо на землю упало,
Не пострадала бы дружба нимало,
Если б взлетела земля к небесам,
Не изменяют такие друзья!
Дружба такая, как золото, ценится.
Пью за того, кто мне ближе брата.
За сироту, за джигита-чеченца,
Дружбы зерно взрастившего свято,
Я осушу этот рог вина!» -
И Курсолта выпил рог до дна.
Семь светлых дней, семь темных ночей
Стол во дворе был накрыт для гостей.
И, Курсолты прославляя дом,
Пили и ели за этим столом.
Все же окончился пир знаменитый.
Только вдвоём остались джигиты.
Дни пробегали, прошли года -
Дружбу они берегли неизменно.
И Мать-Чечня, и Мать-Кабарда
Дружбы великой узнали цену.
Жили джигиты своим трудом,
Честно владели своим добром
И ничего не желали чужого.
Благословляли их сироты, вдовы.
Жили, не знали черного дня
Оба джигита, дружбу храня.
Перевод с чеченского Дмитрия Голубкова.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "666.txt"
} |
Махуэ Билал: Гуапэщ адэкIи убэнэну Iэмал узэриIэр зыхэпщIэну
Илъэсрэ мазийрэ дэкIын хуей хъуащ бэнэкIэ хуитымкIэ дуней псом щэнейрэ и чемпион Махуэ Билал зэхьэзэхуэхэм къыхыхьэжын папщIэ: шыщхьэуIум и 2 - 4 махуэхэм Польшэм и къалащхьэм щекIуэкIа Циолковский Вацлав и фэеплъ турнирым псоми яфIэтелъыджэу адыгэ пелуаныр утыку лъэ быдэкIэ къыщихьэжащ. Ар къыщызэIуах дакъикъэхэм ирихьэлIэу наIуэ хъуащ 2012 гъэм Лондон щекIуэкIа Гъэмахуэ Олимпиадэм килограмми 120-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм щытекIуауэ къалъытари.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, 2012 гъэм Лондон щекIуэкIа Гъэмахуэ Олимп джэгухэм къыщихьа дыжьын медалыр Дунейпсо Олимп комитетым мы илъэсым и пэм къытрихыжащ Куржым (Грузием) щыщ бэнакIуэ Модзманашвили Давит, и къарумрэ зэфIэкIымрэ хэпщIыкIыу хэзыгъахъуэ хущхъуэхэр зрихьэлIауэ къызэрыщIагъэщам къыхэкIыу. Ар иратыжащ Махуэ Билал. Иджыблагъэ Таймазов Артур а щхьэусыгъуэ дыдэмкIэ дыщэр къыщытрахыжым ди лъахэгъум къыIэрыхьэну дыщыгугъат. Абы ехьэлIауэ тхьэмахуэм щIигъукIэ лэжьащ Спорт бэнэкIэм и дунейпсо зэгухьэныгъэм и комиссэр. Iуэхур лъэныкъуэ куэдкIэ зэпилъыта иужькIэ, унафэ ящIащ килограмми 120-м нэс зи хьэлъагъхэм бэнэкIэ хуитымкIэ я зэпеуэм 2012 гъэм Лондон щыIа Олимпиадэм щагъэджэгуа дыщэ медалыр зэхьэзэхуэм ещанэ увыпIэр къыщызыхьауэ щыта Ираным щыщ Гасеми Комейл иратыну. Махуэ Билал дыжьыныр къыхуэнэжащ. Жэз медалхэр хуагъэфэщащ Махуэмрэ Гасемирэ ещанэ увыпIэм щыщIэбэным хагъэщIа Къэзахъстаным щыщ Шанбаба Даулетрэ США-м и щIыхьыр зыхъума Длагнев Тервелрэ.
Хъыбар гуапэ къызэрытIэрыхьамкIэ, 2020 гъэм Токио щекIуэкIыну гъэмахуэ Олимп Джэгухэм хэтыну Махуэ Билал зегъэхьэзыр. Хэт ищIэн, абы захуагъэ нэсыр щызэфIэувэжу адыгэ щIалэм спортым щиIэ и хъуэпсапIэ нэхъыщхьэр и чэзум къыщехъулIэнкIи хъунщ. Абы хуэунэтIа япэ лъэбакъуэхэр Билал иджыблагъэ Польшэм щичащ, шыщхьэуIум и 2 - 4 махуэхэм Польшэм и къалащхьэм щекIуэкIа Циолковский Вацлав и фэеплъ турнирым екIуу зыкъыщигъэлъагъуэри. А зэхьэзэхуэм ар хыхьат езымрэ и тренерхэмрэ я лъэIу щхьэхуэкIэ. Билал Варшавэ къыщигъэлъэгъуар телъыджэщ - нэрылъагъут бэнэным хуабжьу зэрыхуэзэшар. Бадзэуэгъуэм и 3-м зэхэта япэ зэIущIэм хэгъэрейхэм ящыщ Баран Роберт (иужькIэ жэз медалыр къэзыхьар) 11:0-у хигъэщIащ. КъыкIэлъыкIуа къэзахъ пелуаныр къабзэу тридзащ. Венгр Лигети Даниел 4:0-у итIанэ ефIэкIри, финалым кIуащ.
КIэух зэIущIэм Махуэр ебэнын хуейт Урысей Федерацэм и цIэкIэ зыкъэзыгъэлъагъуэ Хугаев Алан хэзыгъэщIа Канадэм щыщ Деси Амар. Абы ди лъахэгъур зэрыпэлъэщынум шэч хэлътэкъым, арщхьэкIэ финалыр щыщыIэн хуей къыкIэлъыкIуэ махуэм Билал зэхьэзэхуэм къыхэкIыжащ.
- Сэ мыбы зэIущIищ щезгъэкIуэкIыну си мурадати, къызэхъулIащ, - яжриIащ ди бэнакIуэ цIэрыIуэм пщэдджыжьым къызэхуэса журналистхэм. - Дыгъуасэ финалым сыщыбэнэн си гугъуащ, ауэ дызэчэнджэщыжри, Iуэхум демыпIэщIэкIмэ нэхъыфIу къэтлъытэжащ.
Польшэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэм лъэ быдэкIэ Махуэ Билал утыку къыщихьэжащ. Ар зэрищIа щIыкIэм куэдым ухуегъэхъуапсэ икIи и текIуэныгъэ инхэм упегъаплъэ. Псоми наIуэ ящыхъуащ абы и зэфIэкI лъагэр зыщIыпIи зэрымыкIуар икIи Токио зыхуэзыгъэхьэзырынухэм зэращыщыр. Махуэр зэхьэзэхуэхэм къызэрыхыхьэжа щIыкIэмрэ адэкIэ и мурадхэмрэ теухуащ Урысейм Спорт бэнэкIэмкIэ и федерацэм и интернет-сайтым иджыблагъэ дригъэкIуэкIа псалъэмакъыр. Абы нобэ фыщыдгъэгъуэзэнщ:
- Си узыншагъэр зэфIэгъэувэжыным зэман куэдыIуэ ихьащ, - мащIэу пыгуфIыкIри хэщэтыкIащ Билал. - 2017 гъэр иуха иужькIэ зыхуэзгъэхьэзырт Ярыгиным и турнирым, Европэмрэ Урысеймрэ я чемпионатхэм, арщхьэкIэ утыку сыкъыщихьэжыфар 2019 гъэм и гъэмахуэращ. Иужь мазэ тIощIым къриубыдэу Польшэм иджы щекIуэкIаращ япэу сызыхэтар. Дауи, сыхуеящ мы гъатхэм щыIа Урысейм и чемпионатми зыкъыщызгъэлъэгъуэну икIи хуабжьу сыхущIэкъуамэ, зэзгъэхъулIэфынут. АрщхьэкIэ дзыхьщIыгъуэджэ Iуэхухэм щыхыхьэ ныбжьым сэ сикIащ. Дохутырхэм къызжаIат шыщхьэуIу мазэм бэнэн щIэздзэж хъунуи, Польшэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэм ар тезгъэхуащ.
- Мазэ тIощIкIэ умыбэнэныр - ар пIалъэшхуэIуэщ…
- Пэжщ, ауэ бэнэныр нэхъыбэжкIэ зыпызгъэун хуей щыхъуаи щыIащ. 2012 гъэм Лондон щекIуэкIа Олимпиадэм иужькIэ илъэситIым щIигъукIэ зэхьэзэхуэхэм сыхэтыфакъым. Узыншагъэр зэфIэзгъэувэжри, занщIэу дунейпсо чемпионатым сыкIуащ икIи бэнэкIэ хуитымкIи алыдж-урым бэнэкIэмкIи зэпеуэхэм сыхэтащ (тIуми жэз медалхэмрэ олимп лицензэхэмрэ къыщихьащ - Ж. З.). Аращи, зэман кIыхькIэ зэхьэзэхуэхэм хэтыныр зыпыгъэуным хуэIэзэ сыхъуащ (мэдыхьэшх).
- Дуней псом щэнейрэ чемпион ущыхъуа бэнэкIэ лIэужьыгъуэм бгъэзэжыну нэхъ тынш къыщIэкIынщ?
- БэнэкIэ хуитым нэхъ сыхуэIэрыхуэщ. Псом хуэмыдэу иджыпсту. 2014 гъэм елъытауэ нобэ къалэнышхуэхэр къысхуагъэувауэ щыткъым. Абы щыгъуэм, алыдж-урым бэнэкIэмрэ бэнэкIэ хуитымрэ зы зэхьэзэхуэ иным къриубыдэу щызэдэсхьыну, къикIым сеплъыну мурад сщIат. Къысщыгугъхэр, дзыхь къысхуэзыщIахэр згъэщIэхъункIи Iэмал иIэтэкъым - къэсхь увыпIэм елъытат бэнакIуэ нэхъ хьэлъэ дыдэхэр Рио-де-Жанейрэ щыIэну Олимп Джэгухэм ягъэкIуэныр. Иджы сэ Польшэм сыщIэкIуар сызэрыбанэм дэрэжэгъуэ зрезгъэтыну, зэхьэзэхуэхэм кIыхьу сызэрыхэмытам сIэщIэкIахэр, зи зэфIэкIыр нобэ ирихьэлIэу здынэсыр къэспщытэну аращ. Зыми зыри къыстрикъузэркъым, абы къыхэкIыуи нэхъ тыншу, зэпIэзэрыту утыку сохьэж.
- АтIэ, дауэ къыпщыхъуа узыхэта зэхьэзэхуэр?
- Хъарзынэу. Уи гъащIэм щыщу нэхъыбэр щыбгъэкIуа, гукъыдэжышхуэ къозыта щытыкIэм уихьэжыну телъыджэщ. Гуапэщ адэкIи убэнэну Iэмал узэриIэр зыхэпщIэну.
- Зыми укъимыгъэдзыхэу щыбанэ алэрыбгъум бгъэзэжыну ухьэзыр? Ар щIыжысIэр Польшэм щыIа зэхьэзэхуэм и финалым ущыбэнэн зэрумыдаращ.
- Зытедухуар зэIущIищ езгъэкIуэкIыну арати, згъэзэщIащ. Зэхьэзэхуэм сыщыхэтакIэ - сыхьэзырщ. АдэкIэ, деплъынщ.
- Польшэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэм бэнакIуэ лъэщ куэд хэтакъым, ауэ абыхэми я зэфIэкIыр мащIэу пхужыIэнукъым. Уарэзы уи хьэрхуэрэгъухэр къызэрыппэщIэта щIыкIэмкIэ?
- Варшавэ щыIа Циолковский Вацлав и фэеплъ турнирым хэт къыщыспэщIэтынуми къысфIэIуэхущакъым. Си дежкIэ нэхъыщхьэр зэхьэзэхуэм сыхыхьэжыну, абы и екIуэкIыкIэм зыхэзгъэгъуэзэжыну, си зэфIэкIымрэ хьэрхуэрэгъухэм я Iэзагъыр здынэсамрэ зэзгъэщIэну арати, къызэхъулIащ. Мыхьэнэшхуэ зиIэщ мы Iуэхугъуэри - ущыбанэкIэ апхуэдизу укъызэщIоплъэри, зыкIи узыхуэсакъыжыркъым. Аращ къозыгъэщIэнур уи щытыкIэри, узэрыхьэзырри, узыгъэпIейтейри. Хьэрхуэрэгъухэр - абы иужьыжкIэщ.
- Иджырей регламентым утету уэ нэхъапэм убэнакъым. ГурыIуэгъуэщ иджыпсту 2010 гъэуэ зэрыщымытыр икIи, абы щыгъуэм хуэдэу, зэман кIэщIым къриубыдэу уи хьэлъагъым куэд кIэрыбгъэхун хуейуэ къызэрыппэщымылъыр. Апхуэдэу щыт пэтми, узэрыбанэ махуитIми уашэчыну… Сыт абы теухуауэ къыджепIэн?
- Хьэлъагъым кIэрыгъэхуным пыщIа бэлыхьыр сэ схуэдэу зыми ищIэу къыщIэкIынкъым. Согупсыс: абы щыгъуэм хуэдэу си хьэлъагъыр килограмми 140-м иджы нэсу щытамэ, сыбэнэфынтэкъым. Хьэлъагъым кIэрыбгъэхурэ убанэу, финалым унэсамэ - аргуэру кIэрыбгъэхуу… Хьэуэ, тIасэ! Нэхъапэм хабзэ схуэхъуауэ щытащ: хьэлъагъыр зэрыкIэрагъэху кIэстумыр, сашэча иужькIэ, лэныстэкIэ зэхэзупщIэтэжырт. Иджы ар махуитIкIэ сызыщIэлъ пэшым щысхуэшэчынукъым - сигъэжеинукъым, зызигъэгъэпсэхунукъым. Дауи, махуитI зэкIэлъхьэужьым тIэунейрэ зы зэхьэзэхуэм узэрыщашэчыр - хьэлъэщ, ауэ ар Iэмалыншагъэщ. Зэпеуэм махуитIкIэ ущыхэткIэ, килограмм тIощIым нэс зэщхьэщыкIыныгъэ щыIэфынущ. Ар къемызэгъщ. Псоми Iэмал, хьэлъагъ зэхуэдэ яIэн хуейщ.
- Уэ блэнейрэ дунейпсо чемпионатхэм ухэтащ - тхум бэнэкIэ хуитымкIэ, тIум алыдж-урым бэнэкIэмкIэ. Мыгувэу апхуэдэ зэхьэзэхуэ щыIэнущ икIи абы олимп лицензэхэр щызэIэпахынущ. Ухьэзыр а зэпеуэм ухэтыну?
- Абы теухуауэ зыри жысIэнукъым - сызэрыхьэзыр щIыкIэр псом япэрауэ тренерхэращ къэзылъытэнур. Апхуэдэу щыт пэтми, си мурадщ Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам дэщIыгъуу зыгъэсэныгъэхэм щIэздзэжыну - нэхъыбэкъым.
- Уэ укъэтыхукIэ ущыбанэ хьэлъагъым ди къэралым пашэ щыхъуащ Хизриев Анзор. Абы теухуауэ сыт къыджепIэфын?
- Зэхьэзэхуэ къэс Анзор хигъахъуэ зэпытщ. Иджыблагъэ зэхэта Европей джэгухэм фIы дыдэу зыкъыщигъэлъэгъуащ икIи текIуэныгъэ дахэ къыщихьащ. Дуней псом щыпашэ бэнакIуэхэр Минск къэкIуами, ар абыхэм хуэфащэу япэщIэтыфыну щытауи къысщохъу.
- Абы щыгъуэми а Iуэхум дунейм зэрызэщихъуэжыща щыIэкъым - хьэрхуэрэгъухэри пашэхэри зэрыщытащ…
- Зи хьэлъагъыр нэхъ ин дыдэ бэнакIуэхэм я деж сыт щыгъуи аращ. Сэ срихьэлIащ Таймазов Артур, Курамагомедов Курамагомед, Родригез Алексис сымэ я лъэщыгъуэм икIи абыхэм сапеуэурэ си Iэзагъым хэзгъэхъуащ. А спортсмен цIэрыIуэхэри куэдрэ бэнащ. Нобэ нэгъуэщIхэр зыкъом щIауэ утыкум итщ - Акгюл Тахи, Петришвили Гено сымэ, адрейхэри. Абы гъэщIэгъуэн хэлъкъым.
- Гъэ къакIуэ Японием щекIуэкIыну Олимп Джэгухэм щIадзэным илъэс иIэжу аращ. ЩIыбанэ алэрыбгъум къыщIэбгъэзэжам и щхьэусыгъуэр абы ухэтыну узэрыщIэхъуэпсра?
- СхузэфIэкIамэ, зэхьэзэхуэхэм сыхэтыныр блэкIа мазэ тIощIми зэпызгъэунтэкъым. Ар IэмалыншагъэкIэ къэхъуащ. СызэригугъэмкIэ, Олимпиадэм щIидзэным къэнэжа зэманым бэнэныгъэм и гуащIагъыр зэрыщыту зыхэсщIэжыну, абы сыхэзагъэжыну сыхунэсынущ. Псом ящхьэр - семыпIэщIэкIынырщ. Ар си щыуагъэ нэхъыщхьэу щытащ икIи абы къыхэкIыу иджы хуэмурэ, зэпэшэчауэ зэпеуэхэм сыхыхьэжынущ. Аращ Польшэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэм и финалым сыщIыхэмытари - сепIэщIэкIыну сыхуеякъым. Зэман кIыхькIэ укъэтауэ зэпеуэм урихыхьэжыну зэIущIищри ирикъунущ.
- ИпэжыпIэр къыджеIэт: къыщIэбгъэзэжам и щхьэусыгъуэр Токио Олимп чемпион ущыхъуну узэрыхуейм и закъуэ?
- Хьэуэ. Фэбжь сызэриIам щхьэкIэ бэнэн щызгъэтыну сыхуейтэкъым. Спортым ущыхэкIыжын хуейр адрейхэм уапэмылъэщыж хъуа иужькIэщ. Сэ бэнэныгъэм иджыри дэрэжэгъуэ къызет. Апхуэдэу щыщымытыжым и деж нэгъуэщI Iуэхум сыпэрыхьэмэ нэхъыфIщ. Къытызогъэзэжри жызоIэ: зэхьэзэхуэхэм сыхэтыныр зэпызгъэуныр Iэмалыншагъэм къыхэкIащ, армыхъумэ бэнэным сыхэкIыжауэ аракъым.
Сыт жыпIэн, щыгъуазэ фызэрыхъуащи, Урысейм Спорт бэнэкIэмкIэ и федерацэм и интернет-сайтым и корреспондентым псалъэмакъ щхьэпэ дригъэкIуэкIащ Махуэ Билал. Абы жэуап щагъуэтащ бэнакIуэ цIэрыIуэм и телъхьэхэр зыгъэпIейтей упщIэ куэдым. Псом ящхьэр - Токио щекIуэкIыну Олимп Джэгухэм хэтыну Махуэ Билал зэрызигъэхьэзырыращ. Къэнэжа зэманыр абы нэсу къызэригъэсэбэпынум шэч хэлъкъым икIи и гъащIэ псом зыхуэкIуэ текIуэныгъэ иныр къехъулIэну дыщIохъуэпс. Ауэ, езыми къызэрыхигъэщащи, епIэщIэкI хъунукъым - иджыблагъэ Польшэм щыIа зэпеуэм ипэкIэ ар зэхьэзэхуэхэм щыхэтар 2017 гъэм и щэкIуэгъуэ (ноябрь) мазэращ. Абы щыгъуэм ди лъэпкъэгъу цIэрыIуэр Воронеж къалэм Урысей Федерацэм и абсолютнэ чемпион хъуат. БлэкIа илъэсрэ мизийм Билал и тхыр тIэунейрэ операцэ ящIащ икIи, дауи, зэпеуэхэм хэтыфакъым. Иджы и узыншагъэр къанэ щымыIэу зэфIэувэжауэ дохутырхэм къалъытэри, утыку къихьэжыну хуит ящIащ, ауэ зэкIэ иримыгъэлеймэ нэхъ къащтэ. Апхуэдэу щыт пэтми, дыпоплъэ абы и текIуэныгъэ инхэм, псом хуэмыдэу гъэ къакIуэ Токио щекIуэкIыну Олимп Джэгухэм.
ЖЫЛАСЭ Заурбэч.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "667.txt"
} |
Сурэт щIыным къыхуалъхуа ЛIыхужь Ауни
Сурэт щIын IэщIагъэмкIэ Тыркум и гъуазджэм и къэгъэшыпIэ нэхъыщхьэу ябж 1914 гъэр. Абы щыгъуэ сурэтым хуэIэзэу зыкъэзыгъэлъэгъуа щIэблэрщ гъуазджэм и тхыдэм и лъабжьэр зыгъэтIылъар. Зи гугъу тщIыхэм ящыщщ сэнэуш телъыджэу ябж ЛIыхужь Хъусейн-Ауни (1886 - 1927 гъгъ.).
Адыгэ макъхэр тыркубзэкIэ къызэрамыгъэлъэгъуэфым къыхэкIкIэ, абы и унэцIэр зэратхар Lifij / ЛIыфыжьущ (ЛIыхужь).
ЛIыхужь Хъусейн-Ауни и адэ-анэр Урыс-Кавказ зауэ лъэхъэнэм Псыжь лъэныкъуэм ирагъэкIа шапсыгъхэм ящыщщ. Унагъуэр Самсун къалэм къедза Ладик щIыналъэм хиубыдэ Караапталсултан адыгэ къуажэм дагъэтIысхьауэ, 1886 гъэм Ауни дунейм къытохьэ. Ауэ, дауэ хъуами, пэщIэдзэ еджапIэм Истамбыл щыщIэтIысхьэну абы и насып къехь икIи ар 1896 гъэм къеух. А зэманым Ауни и егъэджакIуэхэр къыхуэхъуапсэрт: мы щIалэр сурэт щIыным е музыкэм хуеджащэрэт, жаIэу. Ауэ ЛIыхужьыр щIотIысхьэ «Зыужьыныгъэм и щапхъэ» зыфIаща Шейхьзадебаши хьэблэм дэт курыт еджапIэм. Ар къиухауэ, сымаджэ хъури, илъэситIкIэ еджакъым. ЩIалэ гурыхуэр зыри имыщIэу щысакъым: абы франджыбзэ зэрегъащIэ.
1901 гъэм, илъэс 15 фIэкIа мыхъуауэ, Ауни гъущI гъуэгум лэжьэн щыщIедзэ. И франджыбзэми пещэ, медицинэ еджапIэхэм анатомие, физикэ, химие щедж, лэч зэхэлъхьэкIэ щызэрегъащIэ. Къыщыхудэхуэм и деж сурэт ещI.
ЛIыхужь Ауни Истамбыл гъуазджэ еджапIэ нэхъыщхьэм илъэс хуэдизкIэ щагъасэри, Франджым ягъакIуэ. 1909 - 1912 гъэхэм Париж художник цIэрыIуэхэм я «кIыщым» сурэт щIыкIэм щыхегъахъуэ. ИтIанэ, Истамбыл ираджэжри, лицейхэм сурэт щIынымрэ франджыбзэмрэ щрегъаджэ.
Ауни бжьэ IэщIэлъу, лулэ Iурылъу ищIа автопортретыр апхуэдизкIэ цIэрыIуэ хъуащи, сурэтыщI гъуазджэм хэзыщIыкIхэм абы и цIэр япэ къраIуэ. И дамащхьэм иридзэкIа лъэпэдыжьхэмкIэ гугъуехь хэтурэ къызэрытэджар къуигъащIэу щытми, Iурылъ лулэмрэ IэщIэлъ фадэбжьэмрэ и плъэкIэ-зыщIыкIэмкIэ зэи къызэримыкIуэтынур уи фIэщ ящIу апхуэдэщ.
1917 гъэм «Зауэ сурэтхэмрэ адрейхэмрэ» фIэщыгъэцIэ иIэу Истамбыл къыщызэIуаха гъэлъэгъуэныгъэшхуэм ЛIыхужьым и сурэт тIощI хохуэ. 1918 гъэм а цIэ дыдэр иIэу Венэ къыщызэIуаха гъэлъэгъуэныгъэми ЛIыхужьым и сурэт 18 ирагъашэ. 1921 гъэм къыхэщыпыкIауэ къэралым сурэт 56-рэ къищэхуати, ЛIыхужьым и лэжьыгъи абы хагъэхьэ.
1922 гъэм Мустэфа Кемал (Ататюрк) пежьэну Бурсэ къалэм кIуахэм ЛIыхужьыр, иужькIэ абы и щхьэгъусэ хъуа сурэтыщI Хьэрикъэ гуащэр, абы и дэлъху мывэупс Iэзэ Нижат яхэтт. Мустэфа Кемал ЛIыхужьыр Анкара зэдешэ, мазиплI-тхукIи абы щегъэхьэщIэ. Маршал Чакмак Фэузи и сурэтри Ауни щищIар абы щыгъуэщ.
ЛIыхужьыр Анкара икIыжу Истамбыл щигъэзэжам, «МахуэфI», «Махуей» зыфIища и сурэт цIэрыIуитIым я эскизхэр хьэзырт. Тыркур хуит хъужыным теухуа зауэр щекIуэкIым щыгъуэ бийм зэтрикъута къуажэ гуэрым дэлъ гузэвэгъуэр Ауни абыкIэ къегъэлъагъуэ.
«МахуэфIым» Ауни къыщигъэлъэгъуащ зауэр текIуэныгъэкIэ зэриухар, абы зэрыригушхуэр, кIуэдыпIэм къикIыжахэр гъащIэ дахэм зэрыхэувэжар…
Сурэтым и мызакъуэу, ЛIыхужьыр музыкэми, жьабзэми дахьэхырт. Куэдым жаIэ абы и сурэтхэр усэ иус хуэдэу ищIу зэрыщытар.
Куэд къызэщIэзыубыдэ сурэтышхуэ щIыныр гъуазджэм къыхэзыгъэхьахэм ящыщт ЛIыхужьыр. Абы и IэдакъэщIэкIхэм къахощ экспрессионизмэри, символизмэри, романтизмэри.
Шапсыгъ щIалэм хуабжьу фIэфIт сурэт техынри, абы теплъэ гъэщIэгъуэнхэр къилъагъуфырт. Ди гуапэ зэрыхъунщи, а сурэтхэри нобэр къыздэсым яхъумащ.
1923 гъэм ЛIыхужьыр гъуазджэ академиеу Истамбыл къыщызэIуахам егъэджакIуэу ягъэув икIи псэуху абы щолажьэ. 1927 гъэм мэкъуауэгъуэм и 2-м илъэс 41-рэ хъуа къудейуэ ар дунейм йохыж. Ауни щыщIалъхьа щIыпIэр наIуэкъым, ауэ IэрыщIу хуащIа кхъэ лэгъунэр Истамбыл и Пиерлоти хьэблэм щыIэщ, абы къыбгъурылъщ и щхьэгъусэ Сирел Хьарикэ гуащэм и хьэдэри.
Автопортрет. 1908 гъэ
Маршал Чакмак Фэузи и сурэт. 1923 гъэ
ЛIыхужь Ауни и автопортрет. 1926 гъэ
И щхьэгъусэ Хьэрикъэ и сурэт. 1924 гъэ
ЕДЫДЖ Фахъри.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "668.txt"
} |
Иджырей тырку романым и лъабжьэр зыгъэтIылъа
Щикъухьащ адыгэр дунеижьым
Нобель саугъэтым и лауреат Памук Орхъан
1952 гъэм мэкъуауэгъуэм и 7-м Истамбыл къыщалъхуа Памук Орхъан дунейм щынэхъ тхакIуэ цIэрыIуэхэм ящыщщ. Абы Тыркум, Германием, Франджым, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм литературэмкIэ я саугъэт бжыгъэншэхэр къихьащ, ауэ псом ящхьэж хъуащ 2006 гъэм Нобель и саугъэтыр къызэрыхуагъэфэщар. Тырку къэралыгъуэм щыщу а дамыгъэ лъапIэ дыдэр япэу зратар адыгэлI Памукщ, ныбжькIэ щIалэу апхуэдэ лъытэныгъэ лъагэ зыгъуэтахэми ар ящыщ зыщ.
Памук Орхъан и IэдакъэщIэкIхэр бзэ 63-кIэ зэрадзэкIащ, къэрал куэдым абы и тхылъхэр мелуан 15 нэхърэ нэхъыбэу къыщыдагъэкIащ. США-м къыщыдэкI «Тайм» журналым 2006 гъэм къызэригъэлъэгъуамкIэ, Памук Орхъан хабжащ Iулыдж нэхъ ин дыдэ дуней псом щызиIэ цIыхуищэм.
Хэкур залымыгъэкIэ ирагъэбгынэу Тыркум и къухьэпIэбгъур, Измир къалэшхуэм пэмыжыжьэ Манисэ къалэм и Iэхэлъахэр псэупIэ зыхуэхъуа адыгэхэм ящыщщ Памук Орхъан къыщыхъуа унагъуэр. Ди жагъуэ зэрыхъущи, тхакIуэ цIэрыIуэр къызыхэкIар сыт хуэдэ адыгэ лIакъуэми, зэрахьэу щыта адыгэ унэцIэри зыщIэ щыIэжкъым, езы Орхъани ищIэжкъым, ауэ зэрыадыгэми шэч хэлъкъым. Унагъуэр иужькIэ Измир Iэпхъуащ, абы тIэкIурэ щыпсэуауэ, Истамбыл къэIэпхъуэжащ икIи 1952 гъэм Орхъан а къалэм къыщалъхуащ. Абы и адэшхуэри, и адэри, и адэкъуэшри я IэщIагъэкIэ инженерт. Орхъан и адэр IBM жыхуаIэ американ фирмэшхуэм и къудамэу Тыркум щыIэм и нэхъыщхьэу щытащ, и анэри, Шэкурэ гуащэ, унагъуэ лъэрыхьым къыхэкIат - 1700 гъэхэм Гирит къуажэм и уэлийуэ щыта Ибрэхьим пащэ и щIэблэм щыщт. И къуэш нэхъыжь Памук Шэукэт Истамбыл дэт Босфор университетым щрегъаджэ, экономикэм и тхыдэмкIэ профессорщ. Памук Орхъан къыщыхъуа, зыщапIа унагъуэм и «шыфэлIыфэр» белджылыуэ хыболъагъуэ 1982 гъэм тхакIуэм и Iэдакъэ къыщIэкIауэ дунейм къытехьа «Джэудэт-бейрэ и къуэхэмрэ» романым. НэгъуэщIу жыпIэмэ, езыр къызыхэхъукIам ещхь зы унагъуэ а тхыгъэм къыщегъэлъагъуэ.
Дуней псом къыщацIыху тхакIуэм и сабиигъуэмрэ щIалэгъуэмрэ щыкIуар Истамбыл и хьэблэхэм щыщу нэхъ къулейхэм я тIысыпIэу ялъытэ НишанташыкIэ зэджэращ. Илъэс куэдкIэ Орхъан щIэхъуэпсащ сурэтыщI Iэзэ хъуну. Апхуэдэ пщIыхьэпIэ-хъуэпсапIэхэм зэщIаIыгъэу ар щIэтIысхьащ унагъуэ бейхэм уасэ хъарзынэ щIату я бынхэр щрагъаджэ Рабырт колледжым. Ар къиуха нэужь, Истамбыл дэт техникэ университетым архитектурэр щадж къудамэми макIуэ, ауэ архитектори сурэтыщIи зэрымыхъунур щIэхыу къыгурыIуэри, еджапIэм къыпокIыж. Махуэ къэс умыкIуэми хъууэ журналистикэм щыхурагъаджэ институтым щIэтIысхьэжа нэужьщ Орхъан тхэн Iуэхум зэман нэхъыбэ хухихыф щыхъуар. А еджапIэ нэхъыщхьэр хъарзынэу къеух, аспирантурэми зрепщыт, арщхьэкIэ щIэныгъэрылажьэ хъуну гукъыдэж иIэтэкъыми, а Iуэхури псынщIэу хыфIедзэж.
1982 гъэм Памук Орхъан щхьэгъусэ хуэхъуащ унагъуэ хуэщIам япхъу Тюрегюн Айлин. НысащIэмрэ щауэмрэ зы хьэблэм къыщыхъуауэ фIыуэ зэрыцIыхурт. 1991 гъэм зэщхьэгъусэхэм хъыджэбз цIыкIу къахэхъуати, абы фIаща Рюйа цIэр Памук и «Тхылъ фIыцIэ» романым къыхахащ. Абы иужькIэ иджыри илъэси 10-кIэ зэбгъэдэсауэ, зэщхьэгъусэхэр зыр зым пэрыуэгъу хуэмыхъун щхьэкIэ зэгуроIуэри, 2001 гъэм зэбгъэдокIыж, ауэ я хъыджэбзыр зэдапIащ, зэрыгъэбиин, зэрыгъэхамэныр щыгъэтауэ, зэныбжьэгъу пэжу иджы къыздэсым зэхущытщ.
Памук Орхъан тхэн щыщIидзар 1974 гъэращ. Илъэситху докIри, дунейм къытохьэ абы и япэ романыр, «КIыфIрэ нэхурэ» зыфIищар, икIи газет гуэрым игъэува литературэ саугъэтыр а тхыгъэм къыхуагъэфащэ. ТхакIуэр романым фIыуэ холэжьыхьыж, къыщиIэт Iуэхугъуэхэм зрегъэужь, зрегъэубгъу икIи «Джэудэт беймрэ и къуэхэмрэ» фIэщыгъэцIэр иIэу 1982 гъэм къыдегъэкIыж, абыкIи нэгъуэщI саугъэт хъарзынэ къехь. Абы лъандэрэ сыт хуэдэ тхыгъэ и Iэдакъэ къыщIэмыкIами, саугъэт зэмылIэужьыгъуэхэр къыхуагъэфащэурэ къогъуэгурыкIуэ. 1984 гъэм итха «Унэ даущыншэ» романыр франджыбзэкIэ 1991 гъэм къыдагъэкI, «БыдапIэ хужь» романым 1990 гъэм США-м саугъэт лъапIэ къыщехь. «Уэс» политикэ романыр 2004 гъэм хагъэхьащ а къэралым къыщыдэкIа тхылъ нэхъыфIи 10-м. Апхуэдэу екIуэкIыурэ Памук Орхъан ящыщ хъуащ дуней псом къыщацIыху, зи тхылъхэр щызэIэпах тхакIуэхэм.
1998 гъэм къыдэкIа «Си цIэр Плъыжьщ» романыр бзэ 24-кIэ зэрадзэкIащ, апхуэдэуи Ирландием щагъэува литературэ саугъэт нэхъыщхьэри а романым кърат.
Айовэ университетым иригъэкIуэкI щIэныгъэ программэм хэту Памук Орхъан Америкэм щыIащ 1985 - 1988 гъэхэм. ТхакIуэ щIалэм и зэхэщIыкIымрэ и дуней еплъыкIэмрэ я къэухьым а курсым апхуэдизкIэ зригъэужьати, езым зэрыжиIауэ «и гъащIэ псом зихъуэжынри абы кърикIуащ». И япэ тхылъым щегъэжьауэ Памук и Iэдакъэ къыщIэкIыу хъуар цIыхухэм ящэхурт, литературэджхэмрэ критикхэмрэ я щытхъу къахьырт. Абы и романхэр пост-модерн жыхуаIэ лIэужьыгъуэм хабжэ. Хабжэ къудейуэ къэмынэжу, «БыдапIэ хужь», «Тхылъ фIыцIэ», «ГъащIэщIэ», «Си цIэр Плъыжьщ», «Уэс» романхэр а лIэужьыгъуэм и курыхыу, и щапхъэ нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщу къагъэлъагъуэ IэщIагъэлIхэм. Орхъан и IэдакъэщIэкIхэр «зэрипсыхь» Iэмэпсымэхэм щыщщ дыгъуасэ-нобэ, къухьэпIэ-къуэкIыпIэ, классикэ-иджырей, жьы-щIэ хуэдэ гупсысэ зэпэувхэмрэ еплъыкIэ зэблэухэмрэ. Памук и романхэм лIыхъужь лъэщ куэд хэтщ.
Тырку романым и лъабжьэр адыгэлI Мидхьэт (Хьэгъур) Ахьмэд игъэтIылъамэ, Памук Орхъан тырку литературэм и къэгъэшыпIэ нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщ зы, иджырей романым и лъабжьэр зыгъэтIылъа икIи зезыгъэужьа тхакIуэу, модернизмкIэ зэджэ лIэужьыгъуэм и лъагъуэхэш хъуауэ плъытэ хъунущ. Памук романист Iэзэу зэрыщытым къыщымынэу, жылагъуэ, лъэпкъ, жылагъуэ зэхэтыкIэ Iуэхухэми холэжьыхь, цIыхум хуэфащэ псэукIэм, хуитыныгъэхэм, демократием къызэщIиубыдэ гурыIуэныгъэхэм йогупсыс икIи и гурылъхэр щIэныгъэ зэхыхьэхэмрэ журналист зэIущIэхэмрэ щIэмыщтэжу къыщеIуатэ. Апхуэдэ интервьюхэм ящыщ зым, 2005 гъэм «Das Magazin» журналым (Швейцарием къыщыдокI) и лэжьакIуэм щепсэлъам, Памук Орхъан къыхигъэщащ Тыркум хыхьэ Анадолэ щIыналъэм «курд мин 30-рэ мелуаным нэблагъэ ермэлырэ щаукIауэ, ауэ апхуэдэ къэхъукъащIэ зэрыщыIар езым фIэкIа зыми хужымыIауэ». Ар зэрыжиIам щхьэкIэ Орхъан судым ират, Тырку къэралыгъуэр зыгъэпуд псалъэхэр жиIауэ, пцIы иупсауэ жаIэри. Ауэ иужькIэ судри трахыжащ, къаугъэ къызэрыкIа псалъэмакъри кIэщуэщ хъужащ, тхакIуэ цIэрыIуэм апхуэдэ гуэр жиIами ягъэ емыкIауэ, хуагъэгъуа щIыкIэу.
2006 гъэм жэпуэгъуэм и 12-м Памук Орхъан, Нобель саугъэт къратри, дуней псом щыцIэрыIуэ хъуащ. Абы и IэдакъэщIэкIхэр зэрадзэкIыурэ къыщыдагъэкIащ къэрали 100-м щIигъум. И адыгагъэмрэ адыгэбзэмрэ фIэмыкIуэду, нарт хъыбарыжьхэм, пасэрей лъэпкъ IуэрыIуатэм, ди лъэпкъ тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэм еджэурэ къэтэджатэмэ, Тхьэм ещIэ абы хузэфIэкIы-ну щытам и инагъыр!.. Апхуэдэу щыт пэтми, ди гуапэу Памук Орхъан дохъуэхъу узыншагъэ быдэ иIэну, ефIэкIуэну, нэхъыбэрэ и адыгагъэр къызыхигъэщыну, и тхыгъэфIхэмкIэ дигъэгушхуэну.
ОЗЕН Мухьэрэм, Тырку, Анталье, Елэмэ къуажэ
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "669.txt"
} |
НАРТЫЖЬ УЭРЭД
Мы уэрэдыжьыр пасэрей дыдэхэм ящыщщ, къэбэрдейхэм фIэкIа адрей адыгэ лъэпкъхэм яIэкъым.
1. Си джатэжьурэ, уой, дуней, хьэщхьэрыIуэдзэмэ,
Ежьу: Уо!
И дзэпкъитIымкIэ, уой, дуней, лъыхэр йожэхри.
Ежьу: Уой-ра, уой-ра, уоу-ри-ра-ри!
2. Псы ежэхмэ, уой, дуней, сызэпрыплъмэ,
Кхъухь фIыцIэжьхэри, уой, дуней, къызэпрахури.
3. Кхъухь фIыцIэжьхэурэ, уой, дуней, къызэпрахумэ,
Дзэ фIыцIэжьхэри, уой, дуней, къызэпрашри.
4. Дзэ фIыцIэжьурэ, уой, дуней, къызэпришмэ,
Ар дзэщхьищкIэрэ, уой, дуней, зынаузэщIри.
5. Дзэр зезышэурэ, уой, дуней, ди ТIотIрэши,
А зэманмэ, уой, дуней, ди ужь имыкIи.
6. ХъымыщыкъуэкIэ, уой, дуней, ди Батэрэзи
А зэманмэ, уой, дуней, ди дзэгъэшынэти.
7. Уор, и пащIэри, уой, дуней, хуэжэрумиблти,
Езы, гущэмэ, уой, дуней, пылыпкъыр хэлъти.
8. Хьэдрыхэмэ, уой, дуней, лъыхэр щIаушэ,
ЩIы фIыцIэжьмэ, уой, дуней, сыщIозэшыхьыр.
9. ЩIы фIыцIэжьри, уой, дуней, къызэгуэстхъынут,
Дунеижьмэ, уоредэ, сытехьэжынут.
10. Албэч и къуэри, уой, дуней, си пэбг имыкIи,
Мыр и бжыкIымкIэ, уой, дуней, сынреIулIыр.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "67.txt"
} |
Медицинэ IэмалыщIэхэр къагъэсэбэп
Узыншагъэ
Лъынтхуэ узыфэхэм щеIэзэ щIыналъэ центрым мастер-классхэр щрагъэкIуэкIащ Склифосовскэм и цIэр зезыхьэ, ДэIэпыкъуэгъу псынщIэмкIэ щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым нейрохирургиемкIэ и къудамэм и унафэщI Лукьянчиков Викторрэ Новосибирск къалэм НейрохирургиемкIэ и федеральнэ центрым и дохутыр-нейрохирург Киселев Виталийрэ. Нейронавигацэ Iэмэпсымэр къагъэсэбэпу абыхэм операцэу тху ирагъэкIуэкIащ. Нейроновигацэр – ар компьютер технологиехэр зи лъабжьэ Iэмэпсымэщ, абы Iэмал къарет операцэм и пэ къихуэу сымаджэм зэреIэзэнур нэгъэсауэ яубзыхуну.
Федеральнэ медицинэ центрхэм жыджэру зэрадэлажьэм и фIыгъэкIэ Лъынтхуэ узыфэхэм щеIэзэ центрым Iэмал иIэщ нейрохирургием къыхыхьэ иджырей технологиещIэхэр къигъэсэбэпыну, а унэтIыныгъэм щIыналъэм зыщригъэужьыну. IэщIагъэлI цIэрыIуэхэм операцэхэр щрагъэкIуэкIым дэIэпыкъуэгъу яхуэхъуа дохутыр-нейрохирург ныбжьыщIэхэм я лэжьыгъэ и пIалъэ къащIэнымкIэ ар хэкIыпIэ хъарзынэт.
КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "670.txt"
} |
Сэ сы-«Къэбэрдейщ», бийм собгъэрыкIуэ
ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 75-рэ щрикъум ирихьэлIэу
Ди къэралышхуэм щызэлъащIысащ Совет Союзым и ЛIыхъужь, кхъухьлъатэзехуэ Къардэн Къубатий Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм батэр игъэшу бийм зэрезэуам теухуа хъыбархэр. А хъыбархэр щадж еджапIэхэм, абыхэм щIагъэдэIу къулыкъу зыщIэну дзэм ираджэ ныбжьыщIэхэр.
ИужькIэ генерал-майор Къардэн Къубатий къикIуа гъуэгуанэм ириплъэжащ абы къыдэзэуа дзэзешэ цIэрыIуэхэр, тхакIуэхэр. «Уэгум ихьамэ, ар бгъащхъуэм хуэдэт», - дыкъыщоджэ Цукасов Георгий «Хэкум и цIэкIэ» зыфIища и тхылъым. ЦIыхубэ усакIуэ ХьэхъупащIэ Амырхъан Къардэным щхьэкIэ и усэм щыжеIэ: «Къуршыбгъэм хуэдэу ар уэгум щыхуарзэт, Щыблэшэуи бийм ар и гущхьэм къытехуэрт».
Кхъухьлъатэм итIысхьэрэ щIым зытриIэтыкIамэ, Къубатий бийр игъэпыхьэрт.
- Уэгум итхэр зым зыр щриджэкIэ, цIэ лей зыфIащ хабзэщ. Къардэным къреджэну зыфIищыжат и Хэкум и цIэр - Къэбэрдейр.
«Сэ сы-Къэбэрдейщ, сы-Къэбэрдейщ, бийм собгъэрыкIуэ» псалъэхэр пшэхэм къызэпхыIукIыу ди къэралми Европэми я уафэхэм Iэджэрэ щыIуащ. Езыр щраджэ щыIэт: «Къэбэрдей, Къэбэрдей махуэ хъун, бийм сыкъыхегъэзыхь, къыздэIэпыкъу».
Апхуэдэуи, нэгъуэщIуи зауэр зи кIыхьагъым Iэджэрэ Iуагъэни «Къэбэрдей» псалъэр. Ар къэзыпсэлъхэр къыщыщыгугъаи, абыхэм щагъэгушхуаи щыIэу… АтIэ хэтыт ар - зауэм щыгъуэ батэр зыгъэша адыгэлIыр?
Къубатий властыщIэм зи нэр къигъэплъэжа мэкъумэшыщIэхэм я бынт, Дыгъужьыкъуей (Аушыджэр) щыщ адыгэ унагъуэ къызэрыгуэкIым къыхэхъукIат. Школ нэужьым егъэджакIуэ IэщIагъэр зригъэгъуэтащ. Щалъхуа къуажэм, иужькIэ Налшык къулыкъу щищIащ. Щыхьэрым къэIэпхъуа нэужь абы Iэмал егъуэт кхъухьлъатэзехуэ хъуну иIэ мурадыр зригъэхъулIэну. Лэжьыгъэм къыщыдэхуэхэм деж аэроклубым кIуэурэ, лъэтэфу абы зыщегъасэ. ЗыIэпешэ Къардэныр уэгум, къыгуроIуэ кхъухьлъатэзехуэ нэс мыхъумэ, насыпыфIи зэрымыхъунур, нэгъуэщI гъащIэкIэ зэрымыпсэужыфынур икIи дэрэжэгъуэ IуэхукIэ зыщIидзар и кIэм нигъэсыну гъуэгу тохьэ. 1939 гъэм Къубатий Качэ къалэм макIуэри абы щыIэ училищэм щIотIысхьэ.
ЕджапIэр къеухри, Къардэным и дзэ къулыкъум Винницэ щыщIедзэ. Ар исщ зэребгъэрыкIуэ кхъухьлъатэ псынщIэм. Ис къудей, зиIэтрэ пшэхэм хыхьамэ, зэрыхуейуэ уэгум «щегъэджэгуф».
Европэ псор зытелэжьа фашистхэр Iэщэ лъэщкIэ зэщIэузэдат, зауэ хуэIухуэщIэкIи Iэзэ хъуат. Бийм а лъэхъэнэм иIа кхъухьлъатэхэри дыдейхэм ефIэкIырт. Зауэр щIидзэри зэманыфI дэкIа нэужьщ ди дзэм я кхъухьлъатэ нэхъыфIхэр хьэзыр щыхъуар. ЗэкIэ щыIэхэмкIэ нэмыцэхэм япэщIэтын хуейт. ИкIи ди кхъухьлъатэзехуэхэм фашист зызыгъэлIхэм худачыхыртэкъым, уеблэмэ ахэр ягъэгулэзырт.
Зауэм зэрыщIидзэрэ зы мазэ нэблэгъауэ, Къардэным къалэн къыщащI Шепетовкэ лъэныкъуэкIэ бийм дзэшхуэ щызэхуишэсу ди тIасхъэщIэххэм къахьа хъыбарыр зэ къипщытэжыну. Апхуэдэ «зекIуэм» щыбэлэрыгъ зэрымыхъунур, нэмыцэ кхъухьлъатэхэр къыхуэзэми, запэщIимысэу зафIигъэбзэхыжын зэрыхуейр, зениткэхэми защимыхъумэу зэрымыхъунур къыжриIэу полкым и унафэщIым ар къигъэIущат. Ар ищIэжырти, езыми зимыIэтыщэурэ Шепетовкэ и Iэгъуэблагъэхэм нэсри, гъуэгухэм къыщыхъухэр зригъэлъэгъуащ, уеблэмэ танк бжыгъэхэр ибжу зыбжанэри ящхьэпрылъэтащ. Абы хэту жыжьаплъэу къелъагъу: аддэ, уафэ нэзымрэ щIылъэмрэ щызэлъэIэсым, кхъухьлъатэ цIуугъэнэ цIыкIу гуэр къыщопщIыпщIри, зы тэлайкIи мэбзэхыжыпэ. «ДауикI, ар зыщIыпIэ деж щетIысэхащ, - йогупсыс Къардэныр. - Апхуэдэу щыщыткIэ, а лъэныкъуэмкIэ аэродром щыIэщ».
Къубатий зеIэтри, кхъухьлъатэр щилъэгъуа лъэныкъуэмкIэ еунэтI. «Сыздежьам сыкъыхуэблэгъащ» щыжиIэм, зениткэхэр къеуэу щIадзэ, шэхэр и гупэмкIи и щIыбагъымкIи щызэкIэщIапхъ. «Мыхэр здэщыIэм аэродроми щыIэщ», - жиIэу, уэгум зыщигъазэу, зыщыщIиупскIэурэ шэхэм защихъумэжурэ щIыпIэр къеплъыхь икIи зыхуейр къелъагъу…
И щIагъымкIэ укъыхудэплъеямэ, къехуэх фIэкIа умыщIэну, зэуэ ди кхъухьлъатэм зрегъэлъэхъшэх икIи, шэхэр трагъэлъалъэу, аэродромым и зы лъэныкъуэм щхьэпролъэт.
А сыхьэтым Къардэным игу къэкIыжат сакъын хуейуэ командирым къызэрыжриIар, ауэ игъэзэжыну и гум къыхуидакъым. Зэуэ зыкъигъазэри, зениткэхэр къызэреуэм хуэдэу, аэродромым и адрей лъэныкъуэри щIищыкIащ. Мыдэ жьапщэшхуэм щIиупскIэм хуэдэу кхъухьлъатэр зэ-тIэу ещIащ, ар и гъунэгъубзэу къыщыуэ шэхэм зэрадзэу арат. Ауэ абыхэми къелащ, псынщIэу зиIэтри, абы здикIамкIэ къиунэтIыжащ. Къубатий аэродромыр зэрыщыIэр къищIа къудейтэкъым. Абы кхъухьлъатэ дапщэ тетми, ахэр здэщыт щIыпIэхэри зригъэлъэгъуат. Апхуэдэ хъыбарым дыдейхэр щыгуфIыкIынтэкъэ! Къардэныр зыщыгъуазэ хъуахэм къедаIуэри, хьэуам щызауэ дзэм и Iэтащхьэ генерал Шелухиным унафэ ищIащ полкитIри занщIэу заIэту нэмыцэхэм я аэродромым теуэнхэу.
Фашист аэродромыр а махуэм щIым щыщ ящIыжащ, кхъухьлъатэу абы тетари зэтракъутащ.
Къардэным гукъинэж щыхъуащ япэу къриудыха кхъухьлъатэм зэрезэуа щIыкIэр. А лъэхъэнэм ар зыхэт полкым Днепр телъ лъэмыжхэр, абы къекIуалIэ гъуэгухэр бийм щихъумэрт. Къубатий зиIэта къудейуэ, гу лъетэ пшэм къызэрыкъуэхыу нэмыцэ кхъухьлъатэ псынщIитI и ужьым къызэриувам, я зэхуакуми даубыдэну къызэрылъэщIыхьэм. «ЕI, бетэмал, сыту пасэу гу ялъызмытарэт», - жиIэу егупсысри, зэраIэщIэкIынум иужь ихьащ. ЛъэныкъуэкIэ игъэшыну хуежьат, ауэ хъунутэкъым, ижьырабгъумкIэ къебгъэрыкIуэм и шэм ихьынут. Езыр щта хуэдэу бийхэм къафIигъэщIыну, кхъухьлъатэр зэ зы лъэныкъуэмкIэ, зэ адреймкIэ триIуантIэу щIедзэри, «и кIэм къитIысхьахэр» егъэбэлэрыгъ, зэуи, кIуэцIрыхуам хуэдэу, зрегъэхуэх. Мо къэзыхуитIри Къардэным щхьэпролъэтыкIхэр, езыми зимыIэжьэу нэхъ лъагэжу зеIэт. «Мессерхэм» къагъазэри, абы къыхудрагъэзей. Зыр нэхъ гъунэгъу къыщыхуэхъукIэ, Къубатий псынщIэу зыкъегъэлъахъшэри, ар бгъукIэ къыхуэгъэза мэхъу, езыми уэн ирегъажьэ. «Мессерыр», хьэуам щылъэпэрэпа хуэдэ, пэкIэ йощIэ, ирегъэзыхыпэри, Iугъуэ фIыцIэр и пщэдэлъу, щIым йохуэх. ЕтIуанэ «Мессерми» иджы игу хуэгъэтIылъат, ауэ ар, нэрыплъэкIэ къыпхуэмылъагъужыну, игъэзэжауэ къыздикIамкIэ кIуэжырт...
Зауэр Кавказым къэсат. Кхъухьлъатэзехуэхэм махуэ къэс ялъагъурт фашистхэм яубыда щIыпIэхэм насыпыншагъэу къыщыхъухэр. ЩIы хъеямэ, иримыщIэнур иращIэрт къалэхэмрэ къуажэхэмрэ, гъавэ зытета губгъуэхэр фIыцIафэт, мафIэ сахуэр я тепIэн хъужауэ, мэзхэри ныкъуэст. А псоми къызэщIигъэстырт ди зауэлIхэр. Я тхьэрыIуэм хуэпэжу Къардэнми абы и гъусэхэми уэгуми щIыгуми бийр Iисраф щащIырт. Фашистхэм къаруушхуэ зэщIагъэуIуауэ, Мэздэгу лъэныкъуэмкIэ щыкIуэцIратхъыу, Грознэмрэ Бакурэ яубыдыну хэтт. А къалэхэм къыщыщIаш щIыдагъэр зыIэрагъэхьэну арат зыщIэкъур. Ар къайхъулIамэ, Сталинград деж щекIуэкI зауэшхуэми бжьыпэр щаубыдыжыну щыгугъырт. Ауэ дапхуэдиз танкрэ топрэ, кхъухьлъатэрэ лъэсыдзэрэ бийм Кавказ Ищхъэрэм къриутIыпщами, и дзэр щыхуIуагъэщхъащ. АбыкIэ фIыщIэшхуэ ябгъэдэлът уэгум щызауэхэм. Абыхэм яхэтт Къардэн Къубатии. А зэманым Аушыджэр щыщ щIалэм Ленин ордену тIурэ Бэракъ Плъыжь орденымрэ къратат.
Къардэн Къубатий и полкыр «ЛАГГ-3» кхъухьлъатэм итIысхьэрт. АбыхэмкIэ лъэтэфу загъэсауэ Псыжь деж бийм щиухуа быдапIэхэр щызэтракъутэрт.
Станц гуэрым хуэкIуэ совет дзэхэр яхъумэн мурадкIэ «ЛАГГ-3» кхъухьлъатихым, Къардэныр зэрысыр я пашэу, заIэтат. Жыжьи нэмысыщауэ, и гъусэхэм ящыщ зыр и командирым къоджэ: «Къэбэрдей, Къэбэрдей, мо къызэрыкъуэха къомыр плъагъурэ? Сыт тщIэнур?»
«Зывгъэхьэзыр, ауэ ебгъэрыкIуэ кхъухьлъатэхэм зыдевгъэхьэхыу, бомбэзехьэхэр зыщывмыгъэгъупщэ», - ещI унафэ Къардэным. Къаруушхуэт ахэр зыпэщIэувар: бомбэзехьэ кхъухьлъатэхэр сатыритIу, зэребгъэрыкIуэ тIощIым ахэр яхъумэжу, ди лъэсыдзэр здэщыIэ щIыпIэмкIэ яунэтIат. «Хьэуэ, дэ дыхэкIуадэми, ахэр лъэсыдзэ бэлэрыгъам ебгъэкIуалIэ хъунукъым», - арат Къубатий и гупсысэр зытеухуар.
Бгъащхъуэхэм хуэдэу Къардэным и гупыр бийм тоуэ, «Юнкерсхэм» гъунэгъу зыхуащIурэ бомбэзехьэхэм яхоуэ, ахэр иракъухь, икIи бзаджагъэкIи лIыгъэкIи бийр хагъэзыхь. А махуэм ди кхъухьлъатэзехуэхэм гуфIэжу къагъэзэжащ, абыхэм бомбэзехьэу плIырэ зэребгъэрыкIуэ зы кхъухьлъатэрэ къраудыхат.
Полковник Маркелов Василий игъэхьэзыра тхылъым мыпхуэдэу итт: «Капитан Къардэн Къубатий Лэкъумэн и къуэм, эскадрильем и унафэщIым, фашизмэм и бийуэ екIуэкIа зауэм зыкъыщигъэлъэгъуащ шынэ зымыщIэ кхъухьлъатэзехуэ Iэзэу, лIыхъужь нэсу. 1941 гъэм къыщыщIэдзауэ иджы къэсыху (1943 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэрщ зи гугъу ищIыр) адыгэ зауэлI хахуэм 577-рэ уэгум зиIэтащ, абы щыщу 170-рэ щIылъэрызекIуэ дзэхэм ятеуащ, зыIэтыгъуи 117-м фашист кхъухьлъатэхэм езэуащ, кхъухьлъатэ 21-рэ къриудыхащ. Абы бийм и техникэрэ и цIыху куэдрэ Iисраф ищIащ. Къэбгъэлъагъуэмэ, зэтрикъутащ автомашинэу 150-рэ, танкитI, топибл, зениткэ щытыпIэу 13».
1943 гъэм и шыщхьэIу мазэм Къардэн Къубатий къыфIащащ Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэ лъапIэр.
Абдежым щиухакъым адыгэлI хъыжьэм и зауэ гъуэгуанэр. И полкым щIыгъуу ар жыджэру хэтащ Новороссийск, Кърымыр, Белоруссиемрэ Поль-шэмрэ хуит къэзыщIыжахэм, Германием и щIыналъэм фашистхэм кIэ щезытыжахэм. А лъэхъэнэми абы къыхуагъэфэщащ орденхэмрэ медалхэмрэ.
Совет Союзым и ЛIыхъужь, майор Къардэн Къубатий хэтащ ТекIуэныгъэм и щIыхькIэ Мэзкуу щекIуэкIа еплъыныгъэшхуэм. Зауэ нэужьым абы къиухащ академиеу тIу. Зи пщIэр лъагэ генерал-майорым и щIэныгъэр, и Iэзагъыр зрихьэлIэн Iуэху гугъущ къыхихар, ар дзэ унафэщIу, Ставрополь щыIэ авиацэ еджапIэ нэхъыщхьэм и тхьэмадэм и къуэдзэу, Къэбэрдей-Балъкъэрым и ДОСААФ-ми и пашэу лэжьащ.
Иужьрей илъэсхэм Совет Союзым и ЛIыхъужь, генерал-майор Къардэн Къубатий Москва щопсэу.
ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "671.txt"
} |
ЩIалэгъуалэ зэхыхьэм и махуэ нэхъыфIхэр
«Мэшыкъуэ-2019» зэпеуэм ди корреспондентым къретыкI
Илъэс епщIанэ хъуауэ Мэшыкъуэ бгы лъапэм деж къыщызэрагъэпэщ щIалэгъуалэ зэхыхьэм Кавказ Ищхъэрэм ис щIалэгъуалэр зэхуишэсым къищынэмыщIауэ, абыхэм я проектхэм гъуэгу щрагъэгъуэт. Ди республикэм а форумым и фIыгъэкIэ IуэхуфI куэд щалэжьащ.
Къыхэгъэщыпхъэщ зы илъэсым нэхърэ адрейм ар нэхъ гъэщIэгъуэну, щIэщыгъуэу къызэрагъэпэщыну яужь зэритыр, абы хэта дэтхэнэми къыхуэщхьэпэн гупсысэ а зэхыхьэм къызэрыхихыр шэч къызытумыхьэжынщ.
Форумым и мыгъэрей лэжьыгъэр къызэрызэIуихыу япэу ирагъэблэгъахэм ящыщщ УФ-м щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемрэ и министр Кобылкин Дмитрий.
«Экология» фIэщыгъэм щIэту екIуэкIа псалъэмакъым а унэтIыныгъэр егъэфIэкIуэнымкIэ ди къэралым щызэфIагъэкI Iуэху нэхъыщхьэхэм щытепсэлъыхьащ. ЩIыуэпсыр хъумэным ехьэлIауэ а министерствэм игъэзащIэ лъэпкъ проектым федеральнэ программэ 11 къызэщIеубыдэ. Къэралым и щIыуэпсыр хъумэным и мызакъуэу ар егъэфIэкIуэным, зегъэужьыным гулъытэ щхьэхуэ щыхуащI абы.
Кобылкиныр щхьэхуэу къытеувыIащ «Хьэуа къабзэ», «Псы къабзэ» программэхэр зэрагъэзащIэм.
- Кавказым щыпсэухэм щIыуэпс телъыджэкIэ я насып къикIащ. Дэ къаруушхуэ идохьэлIэ къэралым и псы къабзэхэр хъумэным, - жиIащ Кобылкиным.
Абы щытепсэлъыхьащ сабийр щыцIыкIум щегъэжьауэ щIыуэпсыр фIыуэ илъагъуу, пщIэ хуищIу, ихъумэу къэгъэтэджын зэрыхуейм, кIэрыхубжьэрыхухэм елэжь IуэхущIапIэ нэхъыбэ ди щIыналъэм итыпхъэу къызэралъытэм, нэгъуэщIхэми.
ЗэIущIэм и кIэухым Кобылкиным къызэхуэсахэм яжриIащ къэралым и щIыуэпсым ехьэлIауэ ныбжьыщIэхэм къагъэлъэгъуа проектхэм зэрыхэплъэнур, нэхъыфIу къалъытэхэм федеральнэ дэIэпыкъуныгъэ иратыну зэрыхьэзырыр.
- Ди къэралым и пщэдейр и щIэблэращи, фэ сыфхэплъа иужькIэ къэкIуэну дахэ дызэриIэнум шэч къытесхьэркъым, - псалъэхэмкIэ къызэIуихащ Урысейм и ЛIыхъужь, космонавт Токарев Валерий Мэшыкъуэ щыхуащIа зэIущIэр.
ЩIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ я лъэIукIэ и гъащIэ гъуэгуанэм космонавтыр тепсэлъыхьащ. КъызэрыщIэкIамкIэ, абы къиухар Ставрополь дэт, кхъухьлъатэзехуэхэр щагъэхьэзыр училищэрат.
НыбжьыщIэхэр щIэупщIэрт космосым кIуэхэм зэрызагъэхьэзырым, ди къэралым а унэтIыныгъэм щиIэ ехъулIэныгъэхэм, хьэршым и щэхухэм, нэгъуэщI куэдми.
Космонавт цIэрыIуэм къызэрилъытэмкIэ, космосым зиужьын папщIэ къэрал зыбжанэ зэрыубыдын, мылъкушхуэ зиIэ цIыхухэр зэгухьэн хуейщ.
- Хьэршым уелэжьыныр, зебгъэужьыныр гугъум къыщымынэу икIи лъапIейщ. Абы къыхэкIыу, а IэнатIэм зыхуей хуэзэу зиужьын папщIэ, дуней псор зэкъуэувэу елэжьын, Iэмалхэм хэплъэн, зэдэгуэшэн хуейщ.
ЩIалэгъуалэм космонавтыр ямыутIыпщу иджыри куэдрэ яIыгъащ икIи хьэршым и дуней телъыджэм дихьэхахэм щIэ куэд къызэращIам шэч хэлъкъым.
- Хьэршым укъикIыжу щIым укъэтIысыжа иужькIэ, жьэдэпшэ хьэуа къабзэм хуэдэу IэфI срихьэлIакъым, - жиIащ Токаревым и псалъэхэм я кIэухыу.
КъыкIэлъыкIуэ махуэм форумым хэтхэр IущIащ гимнаст цIэрыIуэ, плIэнейрэ Олимп чемпион Немов Алексей. Абы щIыгъуащ Къэрал Думэм и депутат Бондаренкэ Еленэ.
- ИлъэсиплI сыхъуу арат си анэм гимнастикэмкIэ школым сыщритам. Дерс зыбжанэ дэкIа иужькIэ тренерхэм жаIащ гимнастикэм щхьэкIэ си Iэпкълъэпкъыр быдэIуэ хъуауэ, ауэ спортым и лъагапIэшхуэхэм щIэхъуэпсын щIэздзагъэххэти, сыкъикIуэтыну си мурадтэкъым. Мы зэманкIэ а Iуэхум теухуауэ схужыIэнущ, уи хъуэпсапIэр къызэрохъулIэнур абы епхьэлIэ къарум куэдкIэ зэрелъытар, - захуигъэзащ Немовым къызэхуэсахэм.
НыбжьыщIэхэм ягу къагъэкIыжащ 2004 гъэм Алыджым къалащхьэ Афинхэм щекIуэкIа Олимпиадэм нэфI-ней щызэрахьэу спортсменым и баллхэр хуагъэмэщIауэ зэрыщытар.
- А дакъикъэхэм сэ сызэгупсысыр зыт - си анэм, ныбжьэгъухэм, сэ къыздэщI гупым я нэм сызэрыщIэплъэнырт. Ауэ утыкум сыкъихьэу цIыхухэр гуапэу къызэрысIущIар слъэгъуа иужькIэ къызгурыIуащ текIуэныгъэ псом я щхьэр цIыхум къыпхуаIэ лъагъуныгъэр арауэ зэрыщытыр.
НыбжьыщIэхэр спортым зэрыдебгъэхьэхыфыну Iэмалхэм ехьэлIауэ абы жиIащ щIэблэм щапхъэ дахэ уахуэхъуным нэхърэ нэхъ хэкIыпIэфI щымыIэу къызэрилъытэр. А щхьэусыгъуэм къыхэкIыу абы ди къэралым и щIыпIэ куэдым мастер-классхэр щегъэлъагъуэ, спортым ныбжьыщIэ нэхъыбэ къызэрыхишэным хущIэкъу зэпытщ.
Мэшыкъуэ щекIуэкI щIалэгъуалэ зэхыхьэм и фIыпIэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ абы щрагъэкIуэкI егъэджэныгъэ программэр.
НыбжьыщIэ къэс Iэмал иIэщ зэреджэну щIыкIэр езым къыхихыжыну, социальнэ проектхэм зэман хухихынуми, езым и зыужьыныгъэм телэжьэнуми, нэгъуэщI унэтIыныгъэхэм хэплъэнуи хуитщ.
«Мэшыкъуэ-2019»-м щыIэ унэтIыныгъэхэр, абы мы илъэсым хуащIа «Про Россию! Про тебя!» гъуазэм тетщ.
Форумым и егъэджэныгъэ Iыхьэм и унафэщI Ляшко Олег зэрыжиIэмкIэ ныбжьыщIэхэм я щIэныгъэм хагъахъуэм и мызакъуэу, хэгъэгузэхуаку проект инхэм гъащIэ етыным, езы ныбжьыщIэхэр гъуэгу захуэ тегъэувэным гулъытэ хэха хуащIынущ.
А Iуэхухэр къайхъулIэн папщIэ федеральнэ мыхьэнэ зиIэ «Лукойл», «Ростелеком», «Россети», «Сбербанк», «Центр развития туризма» IуэхущIапIэ инхэм я лIыкIуэхэр кърагъэблэгъащ. Ахэр ныбжьыщIэхэм яIуощIэ, я гупсысэм зыщагъэгъуазэ, я проектхэм хоплъэ, ягу ирихьIамэ я деж лэжьакIуэ ирагъэблэгъэну хьэзырщ.
Форумым и япэ зэхыхьэм щрагъэджэну IэщIагъэлI цIэрыIуэхэр, ВУЗ инхэм я егъэджакIуэхэр, Президент хъунухэм я фондым и лIыкIуэхэр (Фонд будущих президентов) Къэзан, Москва, Санкт-Петербург кърашащ.
Егъэджэныгъэм ныбжьыщIэхэр темызашэу щIэсын, гупсысэ пыухыкIа къыхахын папщIэ а IэнатIэм къыщагъэсэбэп Iэмал псори ирахьэлIэ. Дерсыр иуха иужькIэ ар щIалэгъуалэм къазэрыгурыIуам, яIэ Iуэху еплъыкIэм топсэлъыхьыж.
Япэ сменитIым унэтIыныгъэ 11-кIэ егъэджакIуэ 56-м щрагъэджэнущ.
НыбжьыщIэхэм хуабжьу яфIэгъэщIэгъуэну щIэсащ «Ростелеком-Солар» компанием и унафэщI Седов Олег зыхэта зэIущIэми.
КъэкIуэну зэманым технологиехэм зэрызрагъэужьынум, «къалэ губзыгъэ» Iуэхум зэрызрагъэубгъунум тепсэлъыхьащ ахэр.
- Зыужьыныгъэ ин зыгъуэта дунейм технологиехэм езым я увыпIэ лъагэ щаубыдащ. Ди гъащIэм и унэтIыныгъэ псоми технологиехэр къыщыхыхьэнур жыжьэкъым, - жиIащ Седовым. - ЦIыхухэм ди мыгъуагъэ нэхъыщхьэр - ди технологиехэр цIыху гупсысэм зэрыщхьэпрыкIырщ. Технологие зыужьыныгъэшхуэм цIыхухэр хуэхьэзыр тщIын хуейщ. Абы щхьэкIэ дэтхэнэми ди щIэныгъэм хэдгъэхъуэн, профессиональнэ зэфIэкIхэр едгъэфIэкIуэн хуейщ.
Ауэ щыхъукIи Седов Олег къыхигъэщащ къыдэкIуэтей щIэблэм гугъэфIхэр зэрыуагъэщIыр - иджырей цIыхухэр зэхъуэкIыныгъэм нэхъ зэрыхуэхьэзырым и мызакъуэу, щIэ псори яфIэфIу къащтэ.
ЗэIущIэм къэкIуэну зэманым теухуауэ псалъэмакъ куэд щрагъэкIуэкIащ.
ЩОМАХУЭ Залинэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "672.txt"
} |
ДУНЕЙМ ЩЫХЪЫБАРХЭР
Ди зэманым и ЛIыхъужьхэр
Тхьэмахуэ кIуам ди къэралым къыщыхъуа къэхъукъащIэ къызэрымыкIуэхэм ящыщщ Москва областым хыхьэ Раменскэ щIыналъэм кхъухьлъатэ IэмалыншагъэкIэ къыщетIысэхыжын хуей зэрыхъуар.
ШыщхьэуIум и 15-м хъыбарегъащIэ агентствэхэм зэбграгъэхащ «Жуковский» аэропортым сыхьэти 6-рэ дакъикъи 10-м телъэтыкIа аэробусыр, Москва - Симферополь гъуэгуанэм техьар - къэмытIысыжу зэрымыхъуам теухуа хъыбарыр. Мы гъэм накъыгъэм и 5-м «Шереметьево» аэропортым къыщыхъуар зи нэгу щIэкIа псоми а хъыбарыр зэрызэхахыу я псэр гузэвэгъуэ зэрыхэхуар гурыIуэгъуэщ. Псом япэу гур здэжэр дэнэ? ЦIыхухэм зэран екIауэ пIэрэ, жыпIэу уогупсысэ.
«Уральские авиалинии» кампанием и аэробусыр уэгум ихьэри, дакъикъэ тIощI фIэкIа дэкIатэкъым къетIысэхыжын зэрыхуейм и унафэ командирым щищIам - абы и двигателитIри, хытхьэрыкъуэхэр ирихьэри, ункIыфIат, нэгъуэщI хэкIыпIи яIэтэкъым. Гъэсыныпхъэр изу зэрыт, цIыху 233-рэ зэрыс кхъухьлъатэ абрагъуэр къемыхуэхыу къызэрагъэтIысыжыфам тхьэ Iэмыр зэрыхэлъым, дауи, зыми шэч къытрихьэркъым, ауэ ар икIи я фIыщIэщ кхъухьлъатэр зезыгъэкIуахэми.
«Къэхъуар телъыджэщ - абы нэгъуэщIкIэ уеджэфынукъым, - зыжьэу жаIэ кхъухьлъатэ зезыгъакIуэу илъэс куэдкIэ уафэгум ита IэщIагъэлIхэм. - Апхуэдэу кхъухьлъатэ къэбгъэтIысыфын папщIэ Iэзагъэшхуэ пхэлъын хуейщ. КъимыдэкIэ, абыхэм Алыхьыр къадэIэпыкъури, япэмыжыжьэу нартыху хьэсэшхуэ иIэу къыщIэкIащ икIи командирым кхъухьлъатэр абы хуиунэтIащ. Ари сэбэпышхуэ хъуащ тонн 90-м нэблагъэ зи хьэлъагъ кхъухьлъатэр къэмыуэнымкIэ, и гъэсыныпхъэр зэрытхэр зэпкъриуду мафIэс къэмыхъунымкIэ. Кхъухьлъатэр къэтIыса нэужьи дакъикъэ бжыгъэ нэхъ темыкIуадэу кърагъэкIын яхузэфIэкIащ абы иса псори - бортпроводникхэри я IэщIагъэм зэрыхуэIэзэм и нэщэнэщ ари. Ди гугъэщ апхуэдиз лIыгъэ къызыкъуэкIахэм къэрал дамыгъэхэр яхуэфащэу».
УФ-м и Президент Путин Владимир а къэхъукъащIэм и пэжыпIэр щыжраIэм, ищIари апхуэдэ унафэщ - цIыху хэмыкIуадэу кхъухьлъатэр къэзыгъэтIысыжахэм яхуэфащэ пщIэ яхуищIащ. Кхъухьлъатэм и командир Юсупов Дамиррэ етIуанэ кхъухьлъатэзехуэ Мурзин Георгийрэ Урысейм и ЛIыхъужь цIэр яфIищащ, бортпроводникхэу Ивлицкий Дмитрий, Слякаевэ Алия, Вершининэ Надеждэ, Ягодинэ Янэ, Гончаренкэ Дмитрий сымэ «Я лIыхъужьыгъэм папщIэ» орденыр яхуигъэфэщащ.
Шэч хэмылъу, яхуэфащэ дыдэщ псэзэпылъхьэпIэ щихуа дакъикъэхэм апхуэдэу зэщIэкъуауэ, мыдзыхэу зи къалэн зыгъэзэщIахэм я щIыхьыр апхуэдэ щIыкIэкIэ пIэтыныр. Мис апхуэдэхэрщ «Ди зэманым и лIыхъужькIэ» зэджэхэр.
Мыхьэнэ зимыIэ жэрдэму къалъытэ
Жьы хъуа автомобилхэр къагъэсэбэпу мыдэным теухуа жэрдэм Къэрал Думэм иджыблагъэ къыщыхилъхьащ ПромышленностымкIэ комитетым. Зыхуэфащэ министерствэхэм абы теухуа тхыгъэхэр яхуигъэхьащ депутат Когогинэ Альфия.
Къыхалъхьа щхьэкIэ, ар куэдрэ щIызэдэуэн хуей хъуну Iуэхуу зэрыщытым шэч къыщIытепхьэн щыIэкъым. Иджыпсту щыщIэдзауэ зэрызохьэ апхуэдэ унафэ къащтэнымкIэ мыарэзыхэр. Япэрауэ, мыбдежым IупщIу къыщыгъэлъэгъуакъым «жьы хъуа» жыхуаIэм кърагъэкIыр - автомобилым илъэс дапщэ и ныбжьу щытын хуейр, апхуэдэу къалъытэн щхьэкIэ?
ЦIыхухэм апхуэдэ япэбубыдын щхьэкIэ абыхэм я псэукIэр зыхуэдэм зыщыгъэгъуэзэныр япэ игъэщыпхъэу къэзылъытэхэр бгъэкъуанши хъунукъым. АвтомашинэщIэ къызыхуэщэхуну, ауэ абы ахъшэ тезыгъэкIуэдэну хуэмей куэд ису пIэрэ ди къэралым?! Хэт хуэмейр автомашинэ ехьэжьахэм хуэдэхэм исыну, фIыуэ, зыхуей хуэзэу псэуну? Я псэукIэр ебгъэфIакIуэмэ, цIыхухэм езыр-езыру зэрахъуэкIынущ жьы хъуауэ яIэ псори - я унэхэри, я унэлъащIэхэри, я автомашинэхэри, махуэ къэс къагъэсэбэп хьэпшыпхэри. Ар гурыIуэгъуэкъэ?!
А жэрмэмым псом нэхърэ нэхъыбэу зи фейдэ хэлъыр автомобиль къыщIэзыгъэкIхэрщ, дауи. «КамАЗ» заводым и лIыкIуэ Афанасьев Олег диIыгъащ ар. Афанасьевым къызэрилъытэмкIэ, абы къалэхэм щыIэ экологие щытыкIэр иригъэфIэкIуэнущ, гъуэгу шынагъуэншагъэмкIи икъукIэ щхьэпэ хъунущ. «Къэралым къыщагъэсэбэп хьэлъэзешэ машинэхэм я зэхуэдитIым нэхърэ нэхъыбэр илъэсипщIым щIигъуауэ мэлажьэ икIи абыхэм къапих гъуэзыр щIыуэпсымкIэ зэранышхуэ мэхъу», - жиIащ абы.
Автоэкспертхэм зэрытрагъэчыныхьымкIэ, а жэрдэмыр епэсэуауэ къыхалъхьащ икIи ар иджыпсту дэпIыгъынкIэ Iэмал иIэкъым. Автомобиль зиIэхэм я хуитыныгъэхэр хъумэным и коллегием и президент Травин Викторрэ «Движение» зэгухьэныгъэм и унафэщI Орел Андрейрэ апхуэдэ унафэм арэзы техъуэркъым. Абыхэм къыхагъэщащ цIыху куэдым я хэхъуэр зэрымащIэ дыдэр икIи абыхэм я автомашинэхэр жьы дыдэ хъуами, зэрыпсэун къызэралэжьыр арауэ зэрыщытыр.
«ЯпэщIыкIэ цIыхухэм я псэукIэр едвгъэгъэфIакIуэ, итIанэ апхуэдэ проектхэр къыхэдвгъалъхьи пхыдвгъэгъэкI», - жаIэ абыхэм.
Жэрдэмым техъущIыхьащ Къэрал Думэм и нэгъуэщI фракцэхэм щыщхэри. Псалъэм папщIэ, ТранспортымкIэ комитетым къыщыхагъэщащ иджыпсту абы утепсэлъыхьынкIэ Iэмал зэримыIэр. Жьы дыдэ хъуа автомобилхэр зиIэхэр хуэмыщIауэ псэухэр зэрыарам икIи мы зэман гугъум ахэри къагъэсэбэпу мыдэным апхуэдэхэм я гъащIэр нэхъри хьэлъэ зэрищIынум егупсысын хуеяуэ къалъытэ апхуэдэ Iуэху кърахьэжьэм.
«IэнатIэм щыIэ щытыкIэр егъэфIэкIуэныр абыкIэкъым къыщыщIадзэн хуеяр. ЯпэщIыкIэ автомобилыщIэхэр нэхъ пуд ящIынт, цIыхухэм къащэхуфын хуэдэу. Ауэ ди лэжьэгъухэр цIыхухэм зыгуэрхэр япэубыдыным, абыхэм еныкъуэкъуным яужь ихьащ. Ди зэманым цIыху куэд дыдэ хадэхэм зэрыкIуэу яIэр жьы хъуауэ жыхуаIэ машинэхэрщ. Ахэр гъуэгухэм къытрамыгъэхьэу хуежьэмэ, дауэ хъуну? А псори зэпэлъытын хуейщ», - жиIащ ТранспортымкIэ комитетым и унафэщIым и япэ къуэдзэ Ефимов Виталий.
IэщIагъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, а жэрдэмыр адэкIэ гъуэгу зымыгъуэту къэна адрейхэми ящыщ хъуну къыщIэкIынущ, гъащIэм пымыщIауэ зэрыщытым къыхэкIыу.
Нобэ
♦Терроризмэм и зэранкIэ хэкIуэдахэр ягу къыщагъэкIыж дунейпсо махуэщ
♦Урысейм щагъэлъапIэ Офицерым и махуэр
♦Латвием и къэрал щхьэхуитыныгъэр щызэфIагъэувэжа махуэщ
♦1561 гъэм Урысейм и пащтыхь Грозный Иван щхьэгъусэу ишащ къэбэрдеипщ Идар Темрыкъуэ ипхъу Гуащэнэ (Марие).
♦1911 гъэм Лувр музейм (Париж) щIадыгъукIащ Леонардэ да Винчи и сурэт цIэрыIуэ «Джоконда» зыфIищар. Ар зыхузэфIэкIари а музейм щылажьэ, гъуджэхэр щIыным хуэIэзэ Перуджи Винченцэт. ИлъэситI дэкIа нэужьщ абы и лъэужь техьэу сурэтыр къыщагъуэтыжар, дыгъуакIуэри щагъэтIысар.
♦1923 гъэм СССР-м и Къэрал планыр къызэрагъэпэщащ.
♦1932 гъэм Венецием (Италие) япэ дунейпсо кинофестивалыр щызэхэтащ.
♦1943 гъэм СССР-м унафэ къыщащтащ Суворовым, Нахимовым я цIэхэр зезыхьэ, ныбжьыщIэхэр щрагъэджэну дзэ училищэхэр къызэгъэпэщыным теухуауэ.
♦1964 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубзхэм я V съездыр екIуэкIащ.
♦1973 гъэм СССР-м Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министерствэм и академиер къызэрагъэпэщащ.
♦1991 гъэм ГКЧП-м къэралым къыщызэригъэпэща путчым и мурадахэр къызэремыхъулIар наIуэ къэхъуащ, Совет Союзым властыр щызыубыдыну хущIэкъуахэр ягъэтIысащ.
♦1929 гъэм къалъхуащ театрымрэ киномрэ я актрисэ, СССР-м и цIыхубэ артисткэ Артмане Вие.
♦1935 гъэм къалъхуащ усакIуэ-уэрэдус, драматург, УФ-м и Президентым и саугъэтыр зыхуагъэфэща Энтин Юрий.
♦1936 гъэм къалъхуащ США-м щыщ баскетболист цIэрыIуэ, а къэралым и НБА-м и тхыдэм топ нэхъыбэ дыдэ уэрдыхъум изыдза спортсмену хыхьа Чемберлден Уилт.
♦1973 гъэм къалъхуащ боксёр цIэрыIуэ, УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Валуев Николай.
♦1986 гъэм къалъхуащ Ямайкэм щыщ спортсмен цIэрыIуэ, дунейм атлетикэ псынщIэмкIэ пщыкIузрэ чемпион щыхъуа, Олимп Джэгухэм 8 щытекIуа Болт Усейн.
♦1987 гъэм къалъхуащ Урысей биатлонист, Олимп чемпион, нэгъуэщI дунейпсо зэхьэзэхуэ куэдми щытекIуа, УФ-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер Шипулин Антон.
♦1988 гъэм къалъхуащ Польшэм футболымкIэ и командэ къыхэхам и капитан, «Бавария» нэмыцэ командэм щыджэгу Левандовский Роберт.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 29 - 31-рэ, жэщым градус 19 - 22-рэ щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
МафIэр ягъэункIыфIын щхьэкIэ псы къабзэ къалъыхъуэркъым.
Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "673.txt"
} |
Сабийхэм яфIэгъэщIэгъуэну
«Нартхэм я фIыгъуэхэр»
«Артек» дунейпсо сабий центрым и унафэщIхэр я щIэгъэкъуэну «Полевой» лагерым щекIуэкIащ «Нартхэм я фIыгъуэхэр» ХI Дунейпсо сабий-ныбжьыщIэ фестиваль-зэпеуэм и зи чэзу Iыхьэр.
Режиссёр Давыдов Роман игъэхьэзыра «Мывэм и къуэмрэ пелуанымрэ» мультфильмым, илъэс кIуахэм екIуэкIа зэпеуэхэм утыку къыщрахьа сурэт нэхъыфIхэм ирагъэплъри, ныбжьыщIэхэр щIагъэдэIуащ нарт хъыбархэм щыщ нэхъ цIэрыIуэхэм. Абы щыгъуазэтэкъым сабийхэм ящыщ куэд икIи гукъинэ ящыхъуахэр къыщагъэлъэгъуащ нарт эпосым и лIыхъужьхэм траухуа я IэдакъэщIэкIхэм.
ЩIэныгъэ гуэдзэнымкIэ егъэджакIуэ Червяков Владислав я чэнджэщэгъуу сабийхэм ягъэхьэзыращ «Дети России за мир в Сирии» къыхуеджэныгъэм щIэт графикэ лэжьыгъэхэр. А Iуэхум къызэщIиубыдащ Камчаткэрэ Якутиемрэ къыщыщIэдзауэ Санкт-Петербург нэс, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ сабийхэр, апхуэдэуи Германием къикIа хьэщIэхэр.
- СыщыгуфIыкIащ зэпеуэм ухэтын щхьэкIэ сурэтыщI нэсу ущытын зэрыхуэмейм, атIэ псэкIэ зыхэпщIар зэрыпхузэфIэкIыу къэбгъэлъагъуэ зэрыхъунум. Нартхэм ятеухуа таурыхъхэр нэхъапэкIэ зэхэсхатэкъым. Псом хуэмыдэу гъэщIэгъуэн сщыхъуащ дызрагъэплъа мульфильмыр. Сигу изубыдащ цIыхухэм нэхугъэр яIэщIэзыха бзаджащIэр, я къалэр къезыгъэла лIыхъужьхэр икIи ар си сурэтым къыщызгъэлъэгъуэну къыхэсхащ, - жеIэ Берлин щыщ Мановкин Катя.
Фестиваль-зэпеуэм хэтащ Налшык щыщ ныбжьыщIэ Остапенкэ Михаил.
- Сэ си сурэтым къыщызогъэлъагъуэ нарт зауэлI Сосрыкъуэ благъуэм зэрыпэщIэтар. Дэ ди къалэм щыIэщ Сосрыкъуэ и фэеплъ икIи абы теухуа таурыхъхэр псоми ящIэ. Нэхъыжьхэм псысэхэмрэ таурыхъхэмкIэ ди деж къагъэсащ я Iущыгъэр. Хабзэр пщIэным къикIыр нэхъыжьхэм, щIэблэ зэблэкIахэм пщIэ яхуэтщIынырщ, - жиIащ ди лъахэгъу цIыкIум.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, Мэзкуу дэт Лъэпкъхэм я унэмрэ сурэтыщI-модельер ТIажь Альбинэрэ 2008 гъэм зэхаубла «Нартхэм я фIыгъуэхэр» Iуэхум и мыхьэнэ нэхъыщхьэр къытщIэхъуэ щIэблэр лъэпкъхэм я щэнхабзэм и тхыдэм щыгъуазэ щIынырщ, зэфIэкI зиIэ щIалэгъуалэр къэгъэнэIуауэ, заужьын папщIэ абыхэм ядэIэпыкъунырщ, Урысеймрэ хамэ къэралхэмрэ егъэджэныгъэмкIэ я IэнатIэхэм щэнхабзэ, лъэпкъ зэпыщIэныгъэр щыгъэбыдэнырщ, зыщегъэужьынырщ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и лъэпкъхэм я щэнхабзэр Урысей Федерацэми хамэ къэралхэми егъэцIыхунырщ. «Нартхэм я фIыгъуэхэр» дунейпсо арт-проектым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и унафэщI ТIажь Борис зэрыжиIэмкIэ, дуней псом зыщызыубгъу фестиваль-зэпеуэр сэбэпщ Каавказым щыпсэу лъэпкъхэм я литературэм и лъабжьэу къалъытэ нарт эпосыр дэни къыщащIэнымкIэ. Пасэрей хъыбарыжьхэм сабийхэр хуагъэуш Хэкур фIыуэ лъагъуным, нэхъыжьхэм пщIэ яхуэщIыным, фIыгъуэмрэ насыпымрэ хущIэкъуным. Уегупсысмэ, зэхъуэкIыныгъэхэр щыкуэд лIэщIыгъуэм фестиваль-зэпеуэр сэбэп мэхъу къэбэрдей-шэрджэсыбзэмрэ адыгэ лъэпкъ щэнхабзэмрэ хъумэнымкIэ.
«Артек» щыIа сабийхэм я IэдакъэщIэкI нэхъыфIхэр 2019 гъэм фокIадэм щагъэлъэгъуэнущ Дамаск къалэм (Сирие Хьэрып Республикэм), Сирием щыIэ Урысей посольствэм щылажьэ Урысей щэнхабзэ центрым. ЯгъэIэпхъуэ дунейпсо сабий художественнэ гъэлъэгъуэныгъэр екIуэкIынущ «Мэзкуу - Дамаск» арт-марафоным ипкъ иткIэ.
УАРДЭ Женя.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "674.txt"
} |
ЕтIуанэ Iыхьэр къызэIуах
«Мэшыкъуэ-2019»
Псыхуабэ щызэхэт щIалэгъуалэ зэхыхьэм и етIуанэ Iыхьэм мы махуэхэм лэжьэн щIидзащ. Ар къыщызэIуахым хэтащ Лъэпкъ IуэхухэмкIэ федеральнэ агентствэм и унафэщIым и къуэдзэ Мишин Михаил, Ставрополь щIыналъэм и Правительствэм и унафэщIым и къуэдзэ Кувалдинэ Иринэ сымэ, нэгъуэщIхэри.
«Мэшыкъуэ-2019»-м щызэхуашэса щIалэгъуалэ миным программэ гъэщIэгъуэнхэр хузэхалъхьащ. Грант щатыну зэпеуэхэми жыджэру хэтынущ ахэр.
Мы гъэм форумым и етIуанэ Iыхьэм «Про активное общество», «Про наследие», «Про добро», «Про города» унэтIыныгъэхэр яIэщ. Абы ирагъэблэгъащ журналистхэр, блогерхэр, медиа IуэхущIапIэхэм щыIэ студентхэр, щэнхабзэ центрхэм я лэжьакIуэхэр, культурологхэр, тхыдэджхэр, нэгъуэщIхэри.
А махуэ дыдэм Мэшыкъуэ щызэхуэсахэм яхуэзащ зи Iэпкълъэпкъым сэкъат иIэхэм я деж армрестлингымкIэ 14-рэ дунейм и чемпион щыхъуа Бунинэ Ольгэ. А цIыхубзым и щапхъэмкIэ къигъэлъэгъуащ цIыхур хуей къудеймэ, сыти зэрыхузэфIэкIынур.
ГъэщIэгъуэнщ абы и гъащIэ гъуэгуанэр. Челябинск щIыналъэм къыщалъхуащ ар, иужькIэ и унагъуэм я гъусэу Южноуральск Iэпхъуауэ абы ноби щопсэу.
2003 гъэм ар зыхэхуа машинэзэжьэхэуэм и щхьэгъусэр хэкIуэдащ, езым игъуэта фэбжьхэм я ягъэкIэ и лъакъуитIыр къыщIэувэжакъым, ауэ гъэщIэгъуэнракъэ, сабий зэриIэнури къыщищIар а махуэрщ.
- Сабийм и хьэтырщ, абы гъащIэ тэмэм естыну си къалэн нэхъыщхьэу зэрыщытым и фIыгъэщ си гур мыкIуэду сыкъезыгъэлар, - ядэгуэшащ Бунинэр къызэхуэсахэм.
И псалъэр игъэпэжащ абы, а лъэхъэнэращ ар спортым щыдихьэхар икIи а илъэс дыдэм зи Iэпкълъэпкъым сэкъат иIэхэм я спартакиадэм хыхьэри къихьащ. Ар и япэ текIуэныгъэт. Апхуэдэ щIыкIэкIэ Ольгэ спортым дихьэхри, и унэтIыныгъэ куэдым зрипщытащ. Зэгуэрым, абы текIуэныгъэ къихьауэ щытащ - киллограм 16 зи хьэлъагъ гырэр 32-рэ къиIэтащ, етIуанэ увыпIэр зыубыда цIыхухъум 17-рэт ар къызэрыхуэIэтар. Абдежым бзылъхугъэ къарууфIэм гу къылъатэри, армрестлингымкIэ иунэтIыну къыхуагъэлъэгъуащ. 2009 гъэм ар йофIэкI Урысейм бгъуэнейрэ и чемпион Турчинская Иринэ.
Мы зэманкIэ Бунинэм армрестлингымкIэ къытекIуэ дунейм теткъым. СпортымкIэ дунейпсо класс зиIэ мастерщ, атлетикэ псынщIэмкIэ спортым и мастерщ, хьэлъэ дзынымкIэ Урысейм и чемпионщ, нэгъуэщI цIэ лъапIэ куэди къыфIащащ абы. Езым я къалэдэс сабий ныкъуэдыкъуэхэр спортым хуегъасэ. СабииплI епIри, абы щыщу щыр къихьауэ аращ.
ЗэIущIэм и кIэухым бзылъхугъэ къарууфIэм и хъуэпсапIэхэмкIэ къызэхуэсахэм ядэгуэшащ.
- Атлетикэ псынщIэмкIэ Паралимп джэгухэм чемпион сыщыхъуну сыхуейщ. Абы къыхэкIыу иджыпстукIэ си бгыр щIэскъузауэ си зэфIэкIхэр изогъэфIакIуэ. Апхуэдэуи, сэ сыхуейщ зи Iэпкълъэпкъым сэкъат иIэ сабийхэм щадэлажьэ реабилитацэ IуэхущIапIэ къызэIусхыну,- жиIащ абы и псалъэхэм я кIэухыу.
НыбжьыщIэхэм быдэу я фIэщ мэхъу спортсменкэм и хъуэпсапIэр зэрызригъэхъулIэфынур - абы къызэринэкIа гъащIэ гъуэгуанэм шэч къытрыуигъэхьэркъым.
Мэшыкъуэ мы гъэм щIэуэ хагъэхьахэм ящыщщ инджылызыбзэкIэ фIэкIа щызэмыпсалъэ утыку зэрыщыхухахар. Дерсхэр иригъэкIуэкIыну абы кърагъэблэгъащ Америкэм и Штат Зэгуэтхэм къикIа, «EnglishFirst» еджапIэм щылажьэ Витовски Сарэ.
А утыкум мы махуэхэм щыхьэщIащ инджылызыбзэр егъэджынымкIэ дуней псом щынэхъ ин IуэхущIапIэхэм я зым и унафэщI Балдаков Эдуард.
Абы и къэпсэлъэныгъэр хъыбар гъэщIэгъуэнхэмкIэ щIидзащ. Дуней псом инджылызыбзэр зэрыщащIэмкIэ иужьрей илъэсипщIым Урысейр 42-нрэ увыпIэм къыдэкIуеящ. Ди къэралым и щIалэгъуалэм Европэм щыпсэухэм ехьэехуэу инджылызыбзэр яIурылъщ.
- Дунейм кIуэ пэтми зыужьыныгъэ инхэр егъуэт. Абы къыхэкIыу дунейпсо утыку фихьэну, фи гупсысэр нэхъыбэм зэхевгъэхыну фыхуеймэ, инджылызыбзэр щIэгъэкъуэнышхуэ къыфхуэхъунущ, - захуигъэзащ абы щIалэгъуалэм. - Псоми гъуэгу зырыз яIэжщ, нэгъуэщIхэм зебгъапщэкIэ, зебгъэщхькIэ зыри къикIынукъым. ФIырэ Iейрэ зыхэмылъ щыIэкъыми, нэхъ къохъулIэу къэплъытэмкIэ уи зэфIэкIхэр къэбгъэсэбэпурэ зэрызыбужьынум яужь уитыпхъэщ. Iуэху узыпэрыхьар къызэрохъулIэнур уи фIэщ хъууэ щытын хуейщ.
ЗэIущIэм хэт щIалэгъуалэм яфIэгъэщIэгъуэнт инджылызыбзэр зэрырагъэдж IэмалыщIэхэр, лингвистикэм зегъэужьынымкIэ иджырей компьютер Iэмалхэм ягъэзащIэ къалэнхэр, нэгъуэщI куэди. УпщIэ нэхъыфI зытар саугъэткIэ ягъэфIащ.
ЗэIущIэм и кIэухым хьэщIэм ныбжьыщIэхэм фIыщIэ яхуищIри, жиIащ абыхэм ящыщ дэтхэнэри Кавказ Ищхъэрэм и цIыху пэрыт хъуну хуэфащэу къызэрилъытэр.
КъыкIэлъыкIуэу ныбжьыщIэхэр IуагъэщIащ Урысейм щIыхь зиIэ и тренер, Дагъыстэн Республикэм самбэмкIэ и командэ къыхэхам и тренер нэхъыщхьэ Нурмагомедов Абдулманап. Зэрыхуагъэфэщам хуэдэуи, абы упщIэу иратам и нэхъыбэр и къуэ Хьэбиб къикIуа спорт гъуэгуанэм теухуат.
- Сэ сыт щыгъуи текIуэныгъэрат зызыхуэзгъэхьэзырыр. Ар ехъулIэныгъэм и япэ щэхущ, - жиIащ абы.
Нурмагомедовым къызэхуэсахэм яжриIэжащ Хьэбиб иджыри сабий дыдэу зэуэным хуэгъэса мыщэ шырым иригъэбэнауэ зэрыщытар.
«Уи къару къихьыну къыпщыхъурэ?» - жысIэу сыщеупщIым. «Мыщэ шырыр дзакъэркъэ?» - жиIэри къызэупщIати, «Уэри едзэкъэж, ауэ зытумыгъакIуэ», - естыжат жэуап. Сэ спортсменхэр щызгъасэ пэш иным илъэс куэдкIэ «Гъэсэныгъэ, егъэджэныгъэ, спорт» - къыхуеджэныгъэ псалъэхэр ину тетащ. Апхуэдэ зэкIэлъыкIуэкIэрщ ехъулIэныгъэм и щэхуу къэслъытэри. Спортсменым и зэфIэкI псори илъэс 32-рэ хъухукIэ къызыкъуихын хуейщ. Ауэ спорт ехъулIэныгъэхэм егъэджэныгъэ щIымыгъумэ, лъэныкъуабэ мэхъу. Си щIалэр авар, урыс, тырку, инджылыз, къалмыкъ бзэхэмкIэ хуиту мэпсалъэ.
Нурмагомедовхэ яхэтщ Дагъыстэным щаухуэ спорт базэхэр езыгъэщIхэм. Апхуэдэу цIыху минибл щIэхуэу Мэхъэчкъалэ деж «Хабиб Арена» къыщызэIуахыну я мурадщ.
ЗэIущIэм и кIэухым Нурмагомедовым жиIащ Урысейм и дэтхэнэ цIыхури, зыщыпсэу щIыналъэм емылъытауэ, къэралым и ефIэкIуэныгъэм хуэлэжьэн хуейуэ къызэрилъытэр.
- Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъиблым фрилIыкIуэщ, ауэ КИФЩI-р ди къэралышхуэм и зы Iыхьэ цIыкIущ. ФыкъызыхэкIам фринапэщ, ар зыщывмыгъэгъупщэу IуэхуфIхэмкIэ къэралым и щIыхьыр зэрыфIэтыным фыхущIэкъу, - захуигъэзащ Нурмагомедовым къызэхуэсахэм.
Щомахуэ Залинэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "675.txt"
} |
Налшык и «Спартак»-м иIэтахэр (Топджэгум цIэрыIуэ ищIа адыгэ щIалэхэр. ЕтIуанэ Iыхьэ)
Япэу топищэ дэзыгъэкIа Бэч Руслан
Къэбэрдей-Балъкъэрым и топджэгум и тхыдэм лъэ быдэкIэ хыхьащ гъуащхьауэ Iэзэ Бэч Руслан. Бахъсэн районым хыхьэ Къызбрун ЕтIуанэ (иджы ХьэтIохъущыкъуей) къуажэм ар 1953 гъэм дыгъэгъазэм и 29-м къыщалъхуащ.
Бэч Руслан футболым зыщыхуигъэсари топ джэгун щригъэжьари я къуажэращ. Абы ирашри Налшык и «Спартак»-м 1976 гъэм ирагъэблэгъащ. Ар Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ нэхъыщхьэм игъащIэ лъандэрэ и футболист нэхъыфI дыдэхэм ящыщ зы хъуащ икIи абы и тхыдэм лъэужь дахэ къыщигъэнащ. ИлъэсипщIкIэ ди республикэм и щIыхьыр союзпсо, урысейпсо утыкухэм щихъумащ. 1976 - 1985 гъэхэм ди «Спартак»-м зэрыщыджэгуа лъэхъэнэм къриубыдэу Бэч Руслан япэ дыдэу хузэфIэкIащ и хьэрхуэрэгъухэм топи 100 яхудигъэкIыну. Ар къыщыхъуар Адыгейм и къалащхьэ Мейкъуапэщ. Футболым щыхэкIыжыну 1985 гъэм шыщхьэуIум (августым) и 22-м абы и «Дружба»-м дэджэгуу Бэчыр къыхэжаныкIащ. Ар Налшык и «Спартак»-м хэту дигъэкIа топхэр 100 щригъэкъуа махуэщ. А илъэсыр иухыхукIэщ Руслан футбол зэрыджэгужар. Иджыри тхуэ къыхэжаныкIыжри, я хьэрхуэрэгъухэм яхудигъэкIа топхэм я бжыгъэр 105-м нигъэсауэ, тренер IэнатIэм зритащ. Къыхэгъэщыпхъэщ 1977, 1978, 1980, 1981, 1982 гъэхэм налшыкдэсхэм я гъуащхьауэ нэхъ Iэзэ дыдэ Бэч Руслан зэрыхъуар. 1997 гъэм топ 29-рэ (3-р СССР-м и кубокым) зэрыщыдигъэкIам илъэс пщыкIух дэкIауэщ нэгъуэщI адыгэ гъуащхьауэ цIэрыIуэ ГъуэплъащIэ Аслъэн щефIэкIыфар.
И щIыхькIэ «Бэчым и клуб» къызэрагъэпэщащ, налшыкдэсхэм яхэту топищэ дэзыгъэкIахэр хагъэхьэу. НобэкIэ езы Бэч Руслан (псори зэхэту топи 105-рэ дигъэкIащ) къищынэмыщIа, абы хэтщ Гъубж Вячеслав (136-рэ), Кугъуэт Эдуард (122-рэ), Наурыз Басир (118-рэ) сымэ.
Псори зэхэту ди республикэм и щIыхьыр абы къэралпсо утыкум зэIущIэ 340-м щIигъурэ щихъумащ, нэхъыбэм Совет Союзым футболымкIэ и япэ лигэм щыджэгуу. Нобэми ди нэгу щIэтщ Бэч Руслан я хьэрхуэрэгъухэм я гъуащхьэхъумэхэр игъэгулэзу зэрыщытар икIи и Iэзагъ лъагэмрэ Iэпкълъэпкъ лъэщымкIэ къыпэщIэувэхэр кIуэцIрихыурэ топхэр дахэу дигъэкIыу зэрыщытар.
1991 гъэм и пэщIэдзэм Налшык и «Спартак»-м и тренер нэхъыщхьэ Алдышев Анатолий иригъэблагъэри, Бэч Руслан командэм и тренер гупым яхыхьащ. Абы и лъэкI къигъэнакъым и гъэсэнхэм ехъулIэныгъэхэр зыIэрагъэхьэнымкIэ. А илъэс дыдэм и фокIадэм (сентябрым) Бэчыр тренер нэхъыщхьэу ягъэуващ икIи гъэр иухыхукIэ а къулыкъур зэрихьащ. Абы и унафэм щIэту ди командэм зэIущIибгъу иригъэкIуэкIати, 4-м щытекIуащ, 2-м зэрыщызэтегъэкIуакъым, 3-р фIахьащ.
ИужькIэ тренер IэщIагъэр къигъанэри Къэбэрдей-Балъкъэрым ФутболымкIэ и федерацэм щылэжьащ, Урысейм и футбол зэхьэзэхуэхэм я инспектору куэдрэ щытащ. 2012 гъэм абы къыхуагъэфэщащ «Футболым зэрызригъэужьам папщIэ» дамыгъэ лъапIэр.
Нэхъыбэ дыдэрэ тхуэджэгуа
Наурыз Басир
Наурыз Басир, Бэч Руслани хуэдэу, спорт школым футболым зыщыхуигъэсакъым, ауэ Налшык и «Спартак»-м лъэ быдэкIэ къыхыхьэри, илъэс пщыкIублкIэ (!) зэкIэлъхьэужьу Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр Совет Союзми Урысей Федерацэми щихъумащ. И фIыгъуэми и Iеигъуэми ар командэм и зы Iыхьэ лъэщу щытащ икIи текIуэныгъэхэм я IэфIагъри къыхэгъэщIэныгъэхэм я дыджагъри мызэ-мытIэу зыхищIащ, псэкIи игъэващ.
1955 гъэм мэлыжьыхьым и 8-м Наурыз Басир Нартан къыщалъхуащ. Футболым щыдихьэхари абы и япэ лъэбакъуэхэр щыхуичари я къуажэращ. Нартаным и цIэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и чемпионатым хэту Налшык и «Эльбрус»-м (1976 гъэм апхуэдэущ зэреджар «Спартак»-м) и тренер нэхъыщхьэ Наурзокъуэ Юрэ гу къылъитэри, республикэм и командэ нэхъыфIым иригъэблэгъащ. Пэжщ, абы щыгъуэм къэралпсо утыку къихьэну хузэфIэкIакъым, топджэгумкIэ и Iэзагъым иджыри елэжьыжын хуейти. Ар къыщехъулIар къыкIэлъыкIуэ 1977 гъэращ. Абы щыщIэдзауэ илъэс зыбжанэкIэ зэкIэлъхьэужьу Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр ихъумэу Совет Союзым и къалэ куэд зэщIигъэхьащ икIи и цIэр фIыкIэ футболым дихьэххэм ягу къинащ. Уеблэмэ 1985 гъэм Мэзкуу и «Спартак»-м иригъэблэгъауэ щытащ, абы и унафэщIу а лъэхъэнэм лэжьа, тренер цIэрыIуэ Бесков Константин. АрщхьэкIэ ди командэр зэи нэгъуэщIкIэ ихъуэжакъым икIи абы нэхърэ нэхъыбэрэ Налшык и «Спартак»-м и фащэр щызытIэгъа щыIэкъым. ФIыуэ илъагъу командэм дэщIыгъуу Наурыз Басир 511-рэ джэгупIэ губгъуэм къихьащ икIи а бжыгъэр езыгъэфIэкIуэфын щIэх къыкъуэкIыну фIэщщIыгъуейщ. Абы щыгъуэми, гупым и пашэу, командэм и капитану илъэс куэдкIэ щытащ.
Гъуащхьауэ къабзэу щымытами, Налшык и «Спартак»-м хэту Наурызым топи 118-рэ я хьэрхуэрэгъухэм яхудигъэкIащ. АбыкIэ япэ къитыр Гъубж Вячеславрэ (136-рэ) Кугъуэт Эдуардрэщ (122-рэ). 1982 гъэм Бэч Руслан и гъусэу ди командэм и гъуащхьауэ нэхъ Iэзэ хъуащ. ЗэIущIищым топ щырыщ, пщыкIузым тIурытI щыдигъэкIащ, адрейхэм зэрызэ къыщыхэжаныкIащ.
1993 гъэм и кIэухым, и ныбжьыр илъэс 39-м иту, топ джэгуным хэкIыжащ. АрщхьэкIэ занщIэу IэщIыб хуэщIакъым фIыуэ илъагъу, и щIалэгъуэр щигъэкIуа футболыр. Урысей Федерацэм и ещанэ лигэм хэтыну «Спартак-2»-р (иужькIэ «Нарт» зыфIащыжар) Нарткъалэ къыщызэрагъэпэщым абы и тренер нэхъыщхьэу ягъэуващ. 1995 - 1996 гъэхэм а къалэн мытыншыр ехъулIэныгъэхэр иIэу ирихьэкIащ икIи командэщIэр урысейпсо утыкум лъэ быдэкIэ щигъэуващ.
Хабзэ дахэ, гъэсэныгъэ екIу, зэпIэзэрытыныгъэ ин хэлъу джэгупIэ губгъуэм ита, я хьэрхуэрэгъухэм яхудигъэкIа топхэмкIэ Налшык и «Спартак»-м текIуэныгъэ куэдхэр къыхуэзыхьа Наурыз Басир нобэми футболым дихьэххэм пщIэшхуэ къыхуащI икIи къыдэджэгухэр къызэреджэу щыта «Бася» цIэ гъэфIэныр ящыгъупщэркъым. Ар хэти и хьэщIэ лъапIэщ, ныбжьэгъуфIщ, ущиякIуэ Iущщ.
Ди лъахэм и гъуащхьауэ нэхъ
Iэзэ дыдэ Гъубж Вячеслав
1980 - 1995 гъэхэм, щызэпигъэуаи къэхъуу, Налшык и «Спартак»-м хэтащ, и Iэзагъымрэ псынщIагъымкIэ топджэгум дихьэххэр хуабжьу зытхьэкъуауэ щыта Гъубж Вячеслав. Нобэр къыздэсым абы и гугъу ящIыжу щIэх-щIэхыурэ зэхыбох.
Совет Союзым и «Спартак» командэхэм я щIымахуэ зэхьэзэхуэ блэкIа лIэщIыгъуэм и 80 гъэхэм Мэзкуу щекIуэкIыу щытащ. Илъэсым и пэщIэдзэм къызэрагъэпэщ а зэпеуэхэм я къалэн нэхъыщхьэт щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэм къыщагъэхъуа футболист ныбжьыщIэхэр къэхутауэ гуп нэхъыфIхэм хэгъэхьэныр. Нэхъыбэу абы фейдэ къыхэзыхыр «Спартак» псоми я пашэ Мэзкуум ейрат. ЗэфIэкI зиIэу зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIахэр арат япэу зыпхъуатэр. Къапщтэмэ, а IэмалымкIэт Хьэпэ Заур Мэзкуу и «Спартак»-м зэрыхашар. Апхуэдэ зэхьэзэхуэхэм ящыщ зым, 1986 гъэм и пэщIэдзэм, нэхъ гъунэгъуу къэсцIыхуауэ щытащ илъэс зытхух хъуауэ зи цIэр зэхэсх, зи джэгукIэ дахэм сыдихьэх, ауэ губгъуэм иту фIэкIа зэи сызримыхьэлIа Гъубж Вячеслав.
Мэзкуу дыщыщеджэ лъэхъэнэти, ди щIалэхэр зыхэт «Олимпийский» спорткомплексымрэ «Спартак» манежымрэ щекIуэкI зэхьэзэхуэхэм блэзгъэкI щымыIэу зризгъэхьэлIэрт. Спорт журналист сыхъуну хуабжьу сыщIэхъуэпсырти, дауи, зэрыхъукIэ ди командэм хэтхэмрэ тренерхэмрэ захуэзгъазэрт икIи куэдымкIэ сапкърыупщIыхьырт. Ахэр репортажу, интервьюуэ, отчёту иужькIэ «Ленин гъуэгу» (иджы «Адыгэ псалъэ») газетым къыхуезгъэхьыжырти, къытрадзэрт. Мэзкуу жыжьэм нэхъ гъунэгъу дызыхуищIырт Къэбэрдей-Балъкъэрым икIахэр. Хьэл-щэнкIи, дуней тетыкIэкIи щIалэ ахъырзэман зыбжанэ хэтащ абы щыгъуэм Налшык и «Спартак»-м. Апхуэдэхэм ящыщ зыт Гъубж Вячеслав. Абы игури и псэри хэти зэрыхузэIухар нэрылъагъут, ауэ джэгупIэ губгъуэм ихьа иужькIэ убыдыпIэншэ хьэрхуэрэгъухэм яфIэхъурт.
Гъубж Вячеслав 1962 гъэм дыгъэгъазэм и 12-м Бахъсэн къалэм къыщалъхуащ. Топ джэгуным зыщыхуигъэсащ абы дэт сабий-ныбжьыщIэ спорт школым. Техникэ гъуэзэджэ, псынщIагъ ин зыхэлъ щIалэщIэм псынщIэу гу лъатащ икIи, курыт еджапIэр къызэриухыу, и ныбжьыр илъэс пщыкIуий иджыри мыхъуауэ, Налшык и «Спартак»-м и тренер нэхъыщхьэу абы щыгъуэм лэжьа Iэпщэ Александр иригъэблэгъащ. А лъэхъэнэм ди командэр Совет Союзым футболымкIэ щекIуэкI зэхьэзэхуэм и япэ лигэм щыджэгурт икIи Днепропетровск, Харьков, Вильнюс, Кишинёв, Кутаиси, Душанбе, Симферополь, Одессэ къалэ инхэм щыщ гупхэр я хьэрхуэрэгъу лъэщт. КъищынэмыщIауэ, куэд и уасэт къэрал псом цIэрыIуэ щыхъуа Ашэбокъуэ Руслан, Камарзаев Виктор, Настаев Щамил, Наурыз Басир, Бэч Руслан, Iэхъуэбэч МуIэед сымэ хуэдэхэм я гъусэу джэгупIэ губгъуэм укъихьэну. А щIалэ, футболист гъузэджэхэм Гъубжыр куэдым хуагъэсащ, чэнджэщ щхьэпэ Iэджи къратащ.
Вячеслав зыхыхьа Налшык и «Спартак»-р 1980 гъэм хуабжьу щытыкIэ гугъум итт. Ар ерыщу щIэбэнырт япэ лигэм къыхэнэным икIи, дауи, тегъэщIапIэ ищIыр ныбжькIи IэзагъкIи нэхъ лIыпIэ иувахэрат. Абы къыхэкIыу, Гъубжыр а илъэсым джэгупIэ губгъуэм тIэу къихьауэ аращ икIи къыхэжаныкIыу Iэмал игъуэтакъым.
Налшык и «Спартак»-м и гъуащхьауэ нэхъ Iэзэ дыдэ хъуну къызыпэщылъ щIалэм и хьэрхуэрэгъухэм топ яхудигъэкIын щыщIидзар къыкIэлъыкIуэ илъэсращ. СССР-м футболымкIэ и етIуанэ лигэм и 3-нэ гупым 1981 гъэм накъыгъэм (майм) и 2-м щызэхаубла зэхьэзэхуэм и пэщIэдзэ зэIущIэм ди щIалэхэм къыщрагъэблэгъат Орёл и «Спартак»-р. Абы и 72-нэ дакъикъэм япэ дыдэу къыщыхэжаныкIащ Гъубж Вячеслав. А зэманым ирихьэлIэу Бэч Руслан, Трубицин Сергей, Попович Александр сымэ бжыгъэр 3:0-м нагъэсами, щIалэщIэм и ехъулIэныгъэм къыдэджэгухэри стадионым исхэри хуабжьу щыгуфIыкIащ. Хэт а зэманым ищIэнт, Гъубжым я хьэрхуэрэгъуэм иджыри яхудигъэкIыну топи 164-м (абыхэм ящыщу Налшык и «Спартак»-м и цIэкIэ топи 136-м) ар я щIэдзапIэу?!
Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ нэхъыщхьэм хэту ди республикэм и щIыхьыр Бахъсэн щыщ щIалэм щимыхъума къалэшхуэ Совет Союзымрэ Урысей Федерацэмрэ иту къыщIэкIынкъым. Налшык и «Спартак»-м и фащэр щыгъыу ар зэIущIэ 415-м къихьащ. Абыхэм хьэрхуэрэгъу къащыхуэхъуахэм я щхьэр щIригъэхьэрт икIи топи 136-рэ яхудигъэкIащ. Апхуэдэ зыхузэфIэкIа Налшык и «Спартак»-м зэи хэтакъым. КъищынэмыщIауэ, Гъубжым зэIущIэ 20-м топ тIурытI щыдигъэкIащ - апхуэдэ нэгъуэщI диIэкъым. ИлъэсихкIэ зэкIэлъхьэужьу, 1983 - 1988 гъэхэм, я хьэрхуэрэгъухэм топ нэхъыбэ дыдэ яхудигъэкIыурэ ар ди «Спартак»-м и гъущхьауэ нэхъ Iэзэ дыдэ хъуащ.
Кострома и «Спартак», Грознэм и «Эрзу», Мейкъуапэ и «Дружба», Бахъсэн и «Автозапчать» командэхэми ехъулIэныгъэхэр иIэу щыджэгуащ. Ахэри хэплъхьэжмэ, Гъубж Вячеслав 532-рэ хэтащ Совет Союзымрэ Урысей Федерацэмрэ я стадионхэм щыIа зэIущIэхэм икIи абыхэм 164-рэ къыщыхэжаныкIащ. Топджэгум апхуэдэ лъэужь дахэ къыщызыгъэна, Къэбэрдей-Балъкъэрыр къызогъанэри, къэралым къыщыгъуэтыгъуейщ. Ар я хьэрхуэрэгъухэм щебгъэрыкIуэкIэ Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ щхьэуназэ ищIырти, хабзэр къызэпамыудауэ нэхъыбэм къызэтрагъэувыIэфыртэкъым. Абы и фIыгъэкIэ зыхэт командэхэм пенальти Iэджэ къалэжьащ икIи текIуэныгъэхэр зыIэрагъэхьащ. Псом хуэмыдэу Вячеслав убыдыгъуейт псори щеша джэгум и кIэухым. ЯгъэщIагъуэрт, а щIалэ IэмащIэ-лъэмащIэм апхуэдиз къару къыздрихыр къахуэмыщIэу.
Илъэс пщыкIуийкIэ пщIэрэ щIыхьрэ иIэу зыхэта футбол иным Гъубжыр къыщыхэкIыжар 1997 гъэращ. Джэгун щиухари къыщыщIидза щалъхуа Бахъсэн къалэращ. Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым зыкъыщызэгъэлъэгъуа щIыпIэ «Автозапчасть»-р къызэгъэпэщынымрэ лъэ быдэкIэ увынымкIэ абы куэд ищIащ.
И ныбжьыр нэсу футболист IэщIагъэр IэщIыб ищIын хуей хъуами, топджэгур и гум хуигъэхуакъым. Тренеру лэжьэфын папщIэ ар абы Мэзкуу щыхуеджащ. 2001 гъэм щыщIэдзауэ нобэр къыздэсым Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ нэхъыщхьэм и тренер гупым хэтщ, къалэн зэмылIэужьыгъуэхэр и пщэрылъу. Гъубж Вячеслав щытащ Налшык и «Спартак»-м и тренеру, тренер нэхъыщхьэу, премьер-лигэм кIуа «Спартак-Налшыкым» и дублёрхэм я тренер нэхъыщхьэу, клубым и тренер-селекционеру. Иужь илъэсихым командэм и спорт директорщ.
Сыт хуэдэ IэнатIэ пэрымыувэми, Гъубж Вячеслав хьэлэлу бгъэдэтщ. ДжэгупIэ губгъуэм щитами иджыпстуи ар куэдым я щапхъэщ, унагъуэ быди иIэщ. И къуэ Марат адэ цIэрыIуэм и лъэужь дахэм ирикIуащ. Ар гъуащхьауэу щыджэгуащ Налшык и «Спартак»-м и щIалэгъуалэ гупым, Раменскэм и «Сатурн»-м, Самарэ и «Крылья Советов»-м, уеблэмэ Урысей Федерацэм и ныбжьыщIэ командэ къыхэхам ираджэу щытащ. АрщхьэкIэ фэбжь зэмылIэужьыгъуэхэр зэкIэлъхьэужьу игъуэтри, футболым къыхэкIыжын хуей хъуащ.
Гъубж Вячеслав Къэбэрдей-Балъкъэрыр зэрыгушхуэхэм ящыщ зыщ. ДжэгупIэ губгъуэм къызэримыхьэжрэ илъэс тIощIым щIигъуами, абы и цIэр ди къэралым и щIыпIэ куэдым нобэми щащIэж, ирогушхуэ. Ахуэдэхэращ щIалэгъуалэр спортым дезыгъэхьэхыр, футболымрэ гъащIэмрэ лъэужь дахэ хезыгъэшыр. АдэкIи Тхьэм къыхузэпищэ!
Жыласэ Заурбэч.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "676.txt"
} |
Дунейм щыхъыбархэр
Автомашинэхэм ахэр
зезыгъакIуэхэр имысу
ЦIыхухэр зыпэрыт IэнатIэхэм щылэжьэф, абыхэм я къалэнхэр нэсу зыгъэзэщIэф IэрыщI Iэмэпсымэхэр - робот жыхуэтIэхэр - ди гъащIэм къызэрыхьэрэ куэд щIащ икIи кIуэтэхукIэ апхуэдэхэм я бжыгъэр нэхъыбэ мэхъу.
Лэжьыгъэ хьэлъэхэр «гъущIым къыхэщIыкIахэм» зэфIагъэкIыф зэрыхъуам дыщыгуфIыкI щхьэкIэ, щIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, апхуэдэ щIыкIэкIэ лъэныкъуэ зэрырагъэзыр цIыхум зэран хуэмыхъуу пхужыIэнукъым. ЦIыхум зимыгъэхъеймэ, и Iэпкълъэпкъыр нэхъ зэрыщIэлIэм, ар нэхъ IэмыкIуэлъэмыкIуэ зэрыхъум щыхьэт техъуэ къэхутэныгъэ куэд ирагъэкIуэкIащ абыхэм. Псори автоматикэм хуэкIуэу, и Iэпкълъэпкъыр нэсу имыгъэлэжьэж щыхъуа иджы нэхърэ и къарур зрихьэлIэ лэжьыгъэхэр нэхъ къыщытегуплIэу щыта зэманым цIыхур нэхъ узыншэу зэрыщытари къыхагъэщ IэщIагъэлIхэм.
Автомобилыр зезыгъакIуэр имысу ари электроникэм и пщэ зэрыдалъхьэми цIыхум и узыншагъэм дежкIэ зэраныгъэ къимыхьыныр фIэщщIыгъуейщ. Абы и акъылыр нэхъ мащIэрэ лэжьэнущ, и гулъытэр зыми триухуэн хуэмейуэ гъуэгу тетынущ икIи и акъылри «щхьэхынэ» хъунущ. Дохутырхэр мыбдежми зэакъылэгъущ ари цIыхум и псантхуэмкIэ зэрымыфIымкIэ.
Шофёр зэрымыс автомобилхэм и гугъу зэращIрэ куэд щIащ, иджы ар нахуапIэ щыхъуащ ди къэралми. Илъэс кIуам и щэкIуэгъуэ мазэм и кIэухым УФ-м и Правительствэм и УнафэщI Медведев Дмитрий Iэ щIидзауэ щытащ шофёрым щымыгугъ автомашинэхэр Москварэ Тэтэрстанымрэ къыщагъэсэбэпу щIэдзэным теухуа унафэм. Абы ипкъ иткIэ ди къэралым и къалащхьэм и уэрамхэм нэхъ пасэу къыдагъэхьа автомашинэ 35-м иджыри тху къыхагъэхъуащ иджыблагъэ. Псори зэхэту ахэр щэм нагъэсыну я мурадщ.
АтIэ сыт хуэдэ ахэр - электроникэм зэригъакIуэ автомашинэхэр? Шофёр дэмысу автомобиль къыхуэжэу зылъагъур, дауи, абы игъэщтэнущ. Аращи, зэкIэ рулым дэсщ щытыкIэм кIэлъыплъ, а Iуэхум хурагъэджа цIыху. Гъуэгум узэрыщызекIуэну хабзэм и мызакъуэу, автоматикэми фIыуэ хищIыкIын хуейщ «беспилотник» жыхуаIэр зэрызекIуэр зи нэIэм щIэтым. Псори роботым зэфIегъэкI - гъуэгум щекIуэкI щытыкIэм кIэлъоплъ. Ауэ къызэрымыкIуэ щытыкIэ ихуэ хъумэ, абы къикIынымкIэ «цIыхур зэзыхъуэкIыну хэтым» доIэпыкъу шофёрыр.
Дэ десэжакIэщ лифтыр езы-езыру зэрызекIуэм, телефонкIэ нэгъуэщI къэралхэм дыпсэлъэн щхьэкIи абы дыпызыщIэнум зыхуэдмыгъазэу дызыхуейм езыр-езыру дызэрыдэуэршэрыфым. Ауэ гъуэгум автомобиль щызебгъэкIуэныр куэдкIэ нэхъ гугъущ, апхуэдиз цIыху щызэблэкI щIыпIэм шынагъуэу щыIэри икъукIэ нэхъыбэщ. Аращи, ди гъащIэм апхуэдэ автомашинэхэр куэд дыдэу къыхагъэхьэну зэкIэ тегушхуэфыну къыщIэкIынкъым къэрал унафэщIхэр. АтIэми, нэгъуэщI къэралхэм щекIуэкIа къэпщытэныгъэхэм кърикIуахэр ялъэгъуауэ - «шыгухуншэ» автомашинэхэм цIыху щраудаи, аварие шынагъуэхэм щыхэхуаи къэхъуащ.
Къалъхухэмрэ дунейм ехыжхэмрэ я бжыгъэр
зэрызэхущытыр
УФ-м цIыхуу къыщалъхум и бжыгъэм зэрыхэщIым ирогузавэ къэрал унафэщIхэр. Ар икIи гурыIуэгъуэщ - къэралым и къулеигъэ нэхъыщхьэр и цIыху бжыгъэрщ, абыкIэ нэгъуэщIхэм зэрефIэкIырщ.
Щхьэ бжыгъэм хэгъэхъуэным хуэгъэза къэрал программэ зэмылIэужьыгъуэ куэд щыIэми, абыхэм зэращыгугъым хуэдэу фIы куэд кърикIуэркъым. УФ-м и вице-премьер Голиковэ Татьянэ зэрыжиIамкIэ, къэралым и цIыху бжыгъэхэм нэхъ хэпщIыкIыу хэхъуэну щогугъ 2023 - 2024 гъэхэм. Абы щыгъуэщ 2000 гъэхэм я пэщIэдзэм дунейм къытехьахэр лъхуэн-пIэн ныбжьым щынэсынур. Ауэ апщIондэхуи къэралым зиужьын хуейкъэ?! Аращ а Iуэхур зи нэIэ щIэтхэр щытыкIэм набдзэгубдзаплъэу щIыкIэлъыплъыр.
Урысейм и щIыналъэ 85-м щыщу тIу къудейрщ 2019 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм цIыхуу къыщалъхур нэхъыбэ щыхъуар. ЩIышылэ - мэкъуауэгъуэ мазэхэм Москва къалэм къыщалъхуар проценти 5,9-кIэ нэхъыбэ щыхъуащ. Ар къызыхэкIри гурыIуэгъуэщ - абы щIалэгъуалэ нэхъыбэ зэрыIэпхъуэрщ. ЕтIуанэр Къэрэшей-Шэрджэс Республикэрщ - абы цIыхуу къыхэхъуар проценти 4,7-кIэ нэхъыбэ щыхъуащ.
Къэралым и адрей щIыпIэ псоми цIыхуу къыщалъхум щыкIэрыхуащ. Зэрыкъэралу къапщтэмэ, цIыхуу дунейм къытехьэр проценти 8,1-кIэ ехащ - илъэс ныкъуэм къриубыдэу къалъхуар мин 720-м нэблагъэщ, нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм къэралым къыщалъхуат мин 783-рэ.
Зи цIыху бжыгъэр нэхъ мащIэ хъуахэм я деж бжьыпэр щиIыгъщ Москва областым - абы къыщалъхур процент 19,6-кIэ нэхъ мащIэ щыхъуащ, адэкIэ къокIуэ Чукотскэ АО-р, Калугэ, Курган областхэр, Удмуртиер.
ДызыщыгуфIыкIынщи, лIэхэм нэхърэ къалъхухэм я бжыгъэм щыхэхъуа щIыналъэхэри иIэщ къэралым. Абыхэм ящыщу къагъэлъэгъуащ Дагъыстэнымрэ Шэшэнымрэ - а республикэхэм къалъхухэр лIэхэм нэхърэ хуэдищкIэ щынэхъыбэщ.
Урысейм СтатистикэмкIэ и къэрал комитетым къэралым щыщ щIыналъэхэу цIыху нэхъыбэ дунейм щехыжахэри къигъэнэIуащ. Мы гъэм и щIышылэ - мэкъуауэгъуэ мазэхэм цIыху нэхъыбэ дунейм щехыжахэщ Севастополь (илъэс кIуам и апхуэдэ пIалъэм елъытауэ проценти 6,5-кIэ нэхъыбэ), Къэбэрдей-Балъкъэрым (проценти 4,9-кIэ), Краснодар крайм (проценти 3,7-кIэ), Хабаровскэ крайм (проценти 3,3-кIэ), Адыгэ Республикэм (проценти 2,9-кIэ). Нэхъыбэу абыхэм я цIыхухэр зэрылIыкIа узыфэхэри хэIущIыIу ящIащ - ахэр лъынтхуэ узыфэхэрщ (мин 441-рэ), лышх узыфэрщ (мини 149-рэ) илIыкIащ.
Нобэ
♦ГъэрхэмкIэ сату щIыным хэкIуэдахэм я фэеплъыр щагъэлъапIэ дунейпсо махуэщ
♦Урысейм и дзэ щIыхьым и махуэщ - 1943 гъэм СССР-м и Дзэ Плъыжьым Курск и деж нэмыцэ-фашистыдзэр щызэтрикъутащ.
♦Белоруссием щагъэлъапIэ Къэрал статистикэм и лэжьакIуэхэм я махуэр
♦Украинэм и Къэрал ныпым и махуэщ
♦1382 гъэм Урысейм артиллерие дзэхэр къыщызэрагъэпэщащ. Ахэр япэу къагъэсэбэпащ Тохъутэмыщ хъаныр Мэзкуу щытеуам щыгъуэ.
♦1924 гъэм Франджым къыщызэрагъэпэщащ «Монако» футбол клубыр.
♦1935 гъэм СССР-м и ЦIыхубэ комиссархэм я советымрэ Компартым и ЦК-мрэ унафэ къащтащ Кремлым и чэщанэхэм щхьитI зыфIэт бгъэхэр къытехауэ къуапитху зиIэ вагъуэхэр тегъэувэным теухуауэ. Абы пIалъэ пыухыкIаи хуагъэуват - Октябрь революцэ Иным и махуэр щагъэлъапIэ щэкIуэгъуэм и 7-м и пэ къихуэу а лэжьыгъэр зэфIэкIауэ щытын хуейт.
♦1939 гъэм Iэ традзащ Молотовымрэ Риббентропрэ я зэгурыIуэныгъэ цIэр иIэу тхыдэм хыхьа дэфтэрым. Абы къыщыгъэлъэгъуат Совет Союзымрэ Германиемрэ зыр адрейм темыуэным хуэунэтIауэ къалэн зыщащIыжхэр.
♦1942 гъэм нэмыцэ кхъухьлъатэхэм Сталинград «лагъым уэшх» щрагъэшхащ. Абдеж къыщежьащ къалэр бийм щыхъумэным хуэунэтIа зауэшхуэр.
♦1943 гъэм советыдзэхэм Харьков къалэр нэмыцэ-фашистыдзэхэм къыIэщIагъэкIыжащ.
♦1955 гъэм Череповец къалэм лажьэу щаутIыпщащ гъущI щагъавэ заводышхуэ.
♦1959 гъэм США-м и Правительствэм унафэ ищIащ я къэралым и курыт школ 400-м урысыбзэр щаджыным теухуауэ.
♦1975 гъэм Харьков къалэм метром лэжьэн щыщIидзащ.
♦1990 гъэм Армян ССР-м и Совет Нэхъыщхьэм унафэ къищтащ СССР-м къызэрыхэкIыжым, езыр къэралыгъуэ щхьэхуэу зэрыщытым теухуауэ.
♦1991 гъэм Ельцин Борис къыдигъэкIа унафэм ипкъ иткIэ КПСС-м и иригъэкIуэкI лэжьыгъэмрэ «Правда» газетыр къыдэгъэкIынымрэ къэралым къыщызэтрагъэувыIащ.
♦1992 гъэм ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академиер къызэрагъэпэщащ.
♦1880 гъэм къалъхуащ рыс тхакIуэшхуэ Грин Александр (и цIэ-унэцIэ дыдэр Гриневский Александрщ).
♦1926 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Шортэн Даниткэ.
♦1934 гъэм къалъхуащ совет къэрал къулыкъущIэ, 1992 - 2001 гъэхэм «Газпром»-м и унафэщIу щыта Вяхирев Рем.
♦1951 гъэм къалъхуащ къэрал къулыкъущIэ, Шэшэн Республикэм и япэ президенту щыта Кадыров Ахъмэт.
♦1956 гъэм къалъхуащ пшынауэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артист, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ХьэпащIэ Заудин.
♦1960 гъэм къалъхуащ уэчыл цIэрыIуэ, юридическэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор Кучеренэ Анатолий.
♦1964 гъэм къалъхуащ урысей уэрэджыIакIуэ, Урысейм щIыхь зиIэ и артисткэ Апинэ Алёнэ.
♦1965 гъэм къалъхуащ урысей актёр, режиссёр, теленэтынхэр езыгъэкIуэкI Николаев Валерий.
♦1974 гъэм къалъхуащ рысей, инджылыз физик, Нобель и саугъэтыр зыхуагъэфэща Новосёлов Константин.
♦1977 гъэм къалъхуащ урысей актёр, УФ-м и Къэрал саугъэтыр зрата Петренкэ Игорь.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 29 - 30, жэщым градус 20 - 22-рэ щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
МащIэм зытебгъэгусэмэ, ари къыплъысыжынкъым.
Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "677.txt"
} |
Кином и жэщ-2019
Гу зылъытапхъэ
Иджы еплIанэу мы гъэмахуэм екIуэкIынущ «Кином и жэщ» федеральнэ лэжьыгъэр. Ар къызэрагъэпэщыну я мурадщ шыщхьэуIум и 24-м (щэбэтым).
Мы жэрдэмым хиубыдэу цIыхухэм ирагъэлъагъунущ кино еплъхэм я урысейпсо IэIэтым щытекIуа «Балкан- ский рубеж», «Домовой», «Полицейский с Рублёвки» фильмхэр.
Сыхьэт 20-м щегъэжьауэ а фильмхэр щагъэлъэгъуэнущ Налшык щыIэ «Форум» (ЩоджэнцIыкIум и цIэр зезыхьэ уэрам, 28), «Кругозор» (Толстойм и уэрам, 182) кинотеатрхэм, Театр ЩхъуантIэм.
Сеансхэр пщIэншэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "678.txt"
} |
Дохутырхэм я зэфIэкI
Узыншагъэ
Илъэс 22-рэ зи ныбжь щIалэм дохутырхэм захуигъэзащ и бгъэгур къеузу, хьэлъэу бауэу, псчэуэ, и гур псынщIэу къеуэу зэрыщытымкIэ тхьэусыхафэхэр иIэу.
Абы и узыншагъэр къыщапщытэм IэщIагъэлIхэм къахутащ и гум и бгъум деж, кхъужьым и инагъым хуэдиз хъууэ, кIэрищIа шыкъырыр. Ар шын хъункIэ е къэуэнкIэ шынагъуэ зэрыщыIэм къыхэкIыу, Iуэхур зэбгъэтIылъэкI хъунутэкъыми, занщIэу операцэ ящIащ. Iуэху гугъур тэмэму къайхъулIащ: шыкъырыр къыхахащ, операцэ нэужь лъэхъэнэри сымаджэм къытемыхьэлъащэу екIуэкIащ. Махуэ 13 дэкIри, абы и щытыкIэм дохутырхэр арэзы къищIу, сымаджэщым щIатхыкIыжащ.
Операцэр ирагъэкIуэкIащ Республикэ клиникэ сымаджэщым торакальнэ хирургиемкIэ и къудамэм и хирургхэу Тутыкъуэ Аслъэнрэ Къамбий Мусарэ.
ЩхьэщэмыщI Изэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "679.txt"
} |
Адыгэ анэм и щIыхькIэ
ЦIыху щхьэхуэ, е лъэпкъ псо ирехъу, хэти и щхьэр лъагэу ирегъэлъагъуж, къызэринэкIа тхыдэ лъэужьым щIэукIытэн къытемынэмэ.
А гуфIэгъуэр тIуащIэ мэхъу цIыху зыбжанэм яхузэфIэкIа Iуэху дахэм и хьэтыркIэ зэрылъэпкъыу щагъэлъапIэм деж. Ауэ жаIэркъым: «Хэкур фIыуэ зылъагъур и лъэпкъым ныбжьэгъу нэхъыбэ къыхуэзылэжьращ». Апхуэдэ щапхъэхэм язщ Къэрэшей-Шэрджэсым щыщ Беслъэней къуажэ цIыкIум щыпсэухэм Хэку зауэшхуэм и зэманым бийм къиувыхьа Ленинград къраша сабийхэр кърагъэлауэ зэрыщытар.
Адыгэхэм щапхъэ зытетхыпхъэ лэжьыгъэ щхьэпэ ягъэзащIэ журтхэм: лъэпкъгъэкIуэд зышэча а лъэпкъышхуэм налъэ-налъэурэ зэхуехьэсыж а гуауэм епха къэхъукъащIэ псори. Уеблэмэ журт лъэпкъгъэкIуэдым (Холокост) и музеишхуэ щыIэщ. А Iуэхум ипкъ иткIэ, Израиль къэралым къикIри, Къэрэшей-Шэрджэсми Къэбэрдей-Балъкъэрми къэкIуауэ щытащ журт профессор Аурон Яир. Ауронрэ Урысейм щыпсэу Адыгэхэм я лъэпкъ-щэнхабзэ автономием и унафэщI Уэхъутэ Александррэ тхылъ псо зэдатхащ Беслъэней жылэдэсхэм зэрахьа лIыгъэм теухуауэ. Дэфтэрхэмрэ гукъэкIыжхэмкIэ узэда а тхылъым нэпс куэд къригъакIуэми, цIыхупсэ зыIут псори къеджэн хуейуэ къыщIэкIынщ, гузэвэгъуэм хэхуам зыщIэбгъэкъуэн нэхърэ нэхъ псапэ дунейм зэрыщыземыкIуэр щымыгъупщэн папщIэ.
ЧЭРИМ Марианнэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "68.txt"
} |
ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 75-рэ щрикъум ирихьэлIэу
Зы илъэс закъуэ
Дунейр уэфIт. Темрыкъу хы къуэпсым къыхиху акъужь гуапэр псэми йодэхащIэ, абы полкым и ныпыр дохуарзэ. Кхъухьлъатэзехуэхэр сатыру иувыкIахэу а ныпым и пащхьэм итщ, я унафэщIхэм жаIэм йодаIуэри. Бийм зы мэскъалкIэ зэрыхудамычыхынум, ар уэгуми щIылъэми зэрыщыхагъэщIэнум теухуа псалъэмакъщ екIуэкIыр. ЗауэлIхэр щытщ, я нэгухэр зэхэуфауэ, гужьгъэжьыр я нэхэм къыщIихыу.
УнафэщIхэм я ужькIэ псалъэ къещтэ Къанкъуэщ Ахьмэдхъан. Полк псор умэзэхауэ йодаIуэ и адэм къигъэхьауэ иджыпсту ар къызэджэ тхыгъэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым фашистхэм щызэрахьэ залымыгъэм теухуауэ гур зыгъэуз псалъэхэр зэрытым. Абы пищэу Ахьмэдхъан жеIэ: «Фашистхэм яукIащ си шыпхъуитI - ФатIимэтрэ Абчарэрэ, си къуэш Шэмэул. Абыхэм яукIащ совет цIыху минхэр. ИкIи си псэр пытыху, си гур къеуэху хейуэ кIуэдахэм ялъ сщIэжыну фыкъызогъэгугъэ».
Адыгэ щIалэр хуэпэжащ ищIа тхьэрыIуэм. Къанкъуэщ Ахьмэдхъан папщIэ ятхырт: «Ар зэи гужьейртэкъым. Кхъухьлъатэр фIыуэ зэрызэрихуэм къыдэкIуэу, абы и хьэлым щызэхуэхьэсат тегушхуэныгъэри, фашистхэм яхуиIэ нэмыплъри, телъыджэ дыдэхэр езыгъэщIэф лIыгъэшхуэри. Ахьмэдхъан ябгэу бийм ебгъэрыкIуэрт, абы кIуапIи жапIи иритыртэкъым. НапIэдэхьеигъуэт зыхуейр гъэщIэгъуэн гуэр къигупсысын папщIэ. Ар еплъыртэкъым бийр зэрыхъу бжыгъэм».
Зауэм зэрыIухьэрэ куэдыщи дэмыкIауэ, Ахьмэдхъан и гъусэ зауэлIхэм хэкум къатхащ:
«Фронт псом Къанкъуэщыр къыщацIыху. Дзэ Iэтащхьэхэр абы къыхуэупсащ Бэракъ Плъыжь орденымкIэ».
Зауэм Iухьа нэужь еру щхьэкIэ, Ахьмэдхъан и ныбжьэгъухэм щахэтым деж щабэт, бзэ IэфI Iурылът, дэтхэнэми и гукъеуэ, и дзыхь кърагъэзырт, и хьэл-щэн дахэмкIэ цIыхухэр зыщIишэрт. И унагъуэм теухуауэ хъыбар мыщхьэпэ къызыIэрыхьам абы къриIуэтылIэрти, и гур нэхъ зэгъэжырт, сыту жыпIэмэ апхуэдэхэм деж адыгэ щIалэм ныбжьэгъум жриIэни зэречэнджэщыни къигъуэтыфырт.
… «Мессершмиттым» зэребгъэрыкIуэ ди кхъухьлъатэхэр ялъэхъэн я гугъащ, ауэ къикIа щыIэкъым. Ди «Як»-хэр бомбэзехьэхэмкIэ яфIэкIуэри, абыхэм уэр хузэхаублати, радиоаппаратым бгъэдэсу мыдэкIэ щIым щыIэ унафэщIыр къэпIейтеяуэ хьэуам хэтхэм йоджэ: «Напэ фиIэщ! Еуэ уэ, шэмэдж! Пыгъэщ, Къанкъуэщ!» УафэхъуэпскIым хуэдэу псынщIащэу йокIуэкI зэхэуэр. Бий мафIэм иса къуажэм я жыг хадэ зэщIэгъэгъахэмкIэ йо-хуэх «Юнкерс»-у тIу. Ещанэм егъэкIэрэхъуэжри, уафэ лъащIэм йохьэж. Ар еху «Як»-м. «Юнкерс»-м ехуэх нэпцI зещI, зэм зегъэхуэм, зэми кIэщIу къегъэкIэрахъуэри, адэ-мыдэкIэ зыщIедз.
«Нэхъ лъагэу!» - къоIу ар зыхум и макъыр. Зауэм дихьэха Къанкъуэщ Ахьмэдхъан щыгъупщат зэрыпсалъэ Iэмэпсымэр игъэувыIэжын икIи щIым тетхэм зэхах абы и псалъэхэр: «ЛъыщIэжым фыIэщIэкIыу щIыми зыщывгъэпщкIуфынкъым, уафэми фыщыбзэхынкъым. Адыгэм жеIэ: «Зилъ зыщIэжым и бийр хьэдрыхи къыщигъуэтынщ».
Мес ар, лъыщIэжым ирихужьар, моторитI зэрыт и кхъухьлъатэ щхъуантIэ-гъуэжьыфэмкIэ щтапIэ ихьэжауэ къуршыщхьэм щызолъатэ. Абы ищIэркъым леймыгъэгъур и ужь зэритыр, ауэ ерыщу къызэребгъэрыкIуэмкIэ, ерууэ и къыкIэлъыкIуэкIэмкIэ, и «Як»-р Iэзэу зэригъэIурыщIэмкIэ икIи пулемётыр къызэреуэ щIыкIэмкIэ къыгурыIуэу хуожьэ и ажалыр и ужь зэритыр, гузэвэгъуэри къыкIэщIозэрыхь…
Къанкъуэщым иригулIа фашист кхъухьлъатэр гъуахъуэу, Iугъуэмрэ гъуэзымрэ зэщIищтауэ бгы гуэрым жьэхоуэри, зэхощащэ. «Як»-м, бгым жьэхэуэным иIэж щымыIэу, зыдредзеижри уэгу щхъуантIэм къохутэж. Зэ зыкъегъэзэж, и бийм къыщыщIар зрегъэлъагъури, адрей совет кхъухьлъатэхэм яхоувэж.
ПлIыщIрэ етIуанэ гвардие авиаполкым и унафэщI Грабарец Иван етх: «Командир къэмылэнджэжщ, кхъухьлъатэзехуэ Iэзэщ. Нэмыцэ «къашыргъэхэм» екIурабгъу къахуегъуэтыф. Хьэуа зауэм и Iэмалхэр ещIэ, лIыгъи зэфIэкIи къыщегъэлъагъуэ. И закъуэ кхъухьлъати 8, гъусэ иIэу щы къриудыхащ, нэгъуэщIитхуи зэхикъутащ».
Куэд дэмыкIыу Къанкъуэщ Ахьмэдхъан ТIалэ и къуэр Совет Союзым и ЛIыхъужь ящI. А унафэр дунейм къытохьэ 1943 гъэм фокIадэм и 2-м.
Зы илъэс закъуэщ Къанкъуэщ Ахьмэдхъан зауэм зэрыхэтар. А зэман кIэщIым абы нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм хэщIыныгъэшхуэ ирет. 1943 гъэм Къанкъуэщым и кхъухьлъатэр Керчь деж къыщраудыхащ. Ауэ абы и щIыхьым, и пщIэм бийм зыри хуещIакъым.
ЛIЫГЪЭ ЩIАПIЭ
1944 гъэм ди дзэхэм Таллин къащтащ. АпхуэдизкIэ псынщIэу къащтати, нэмыцэ псори хунэсатэкъым абы дэIэпхъукIыжыну. Фашист зыкъомым егъэзыпIэхэм зыщагъэпщкIуат.
Офицер Иуан Хьэсэн къалэн къыщащI Фин хы къуэпсым и ныджэр щIищыкIыну. И ротэм щыщ зауэлI зыбжанэ зыщIегъури, ар а щIыпIэм макIуэ.
Абдежыр къуршылъэт, мывэ джей инхэр щыкуэдт. «Мыбдежым ущыбэлэрыгъ хъунукъым, - яжриIащ и гъусэхэм Хьэсэн. - Гъуанэдэууэ бийр дэнэкIи къиукIыфынущ».
Асыхьэтым Иуаным къелъагъу епхауэ псы Iуфэм Iут кхъуафэжьейр. Абы лIыжь гуэр зиудыгъуауэ ист.
«Ухэт? Мыбдеж щыпщIэри сыт?» - лIыжьым йоупщIхэр.
Эстон тхьэмадэм къахуиIуэтащ шынагъэкIэ кхъуафэжьейм ираубыдауэ зэрисыр. Абы нэмыцэ генерал гуэрым унафэ къыхуищIат жэщ зэрыхъуу езыри и гъусэхэри хы къуэпсым зэпришу, Финляндием ишэн хуейуэ… ЩIэпхъуэжыну зи мурад генералым щIыгъут сэлэтипщI. Абыхэм зыщагъэпщкIуат хы Iуфэм пэгъунэгъу мэзым.
«Дауэ сщIымэ нэхъыфI? - йогупсыс Иуаныр. - Дэ абыхэм я зэхуэдитI дыхъуркъым. Къалэм згъэзэжу зауэлI гуп къызыщIызгъун?» ИтIани щIогъуэж: «ЛIыгъэр бжыгъэкIэ къалъытэркъым - зэкъуэхуауэ датеуэнщ».
Фашистхэм зыщагъэпщкIуа пхъэ унэ цIыкIум щэхуу йокIуалIэ. ЩIыхьэпIэм деж зы къэрэгъул щытти, «цIутI» жрагъэIакъым. Ар Iэуэлъауэншэу Iуахри, унэм щIэсхэм ятоуэ.
Зэхэуэ гуащIэм бий зауэлI зыбжанэ хокIуадэ, къэнахэр - генералыр я пашэу - гъэр къащI.
Абы и пэкIи Хьэсэн лIыгъэншэу щытакъым. Нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэр СССР-м къыщытеуа махуэм щегъэжьауэ абы Iэщэр игъэтIылъатэкъым. Дохъушыкъуей къуажэм къыщалъхуа щIалэр псэзэпылъхьэпIэ мызэ-мытIэу ихуащ, гузэвэгъуэ зыбжанэми къелащ. Абы игу илъ зэпытт адыгэ напэр ихъумэн зэрыхуейр, и нэгу щIэкIыртэкъым и адэ-анэр, и Iыхьлыхэр, и Къэбэрдейр. Арат и къарур хуэдипщIкIэ щIэбагъуэр, бий илъэгъуамэ, гужьгъэжькIэ и гур щIэятэр…
Иуан Хьэсэн яхэтащ Ленинград зыхъумахэм, Прибалтикэр хуит къэзыщIыжахэм. Ар Европэм и щIыпIэ куэдми щызэуащ. Зэрихьа лIыгъэм папщIэ дамыгъэ лъапIэхэри къратауэ Германием нэсащ.
1945 гъэ, гъатхэпэ мазэ. Ди дзэхэр Берлин гъунэгъу хуэхъуат. Ауэ иджыри бийм и къару илът. «Зы совет зауэлI Одер къызэпрыдгъэкIынкъым», - жаIэу нэмыцэхэм а псым и адрыщI ныджэм зыщагъэбыдэ. Ауэ жыIэзыфIэщхэм я мурадыр къайхъулIакъым.
Жэщ гуэрым Иуаным и ротэр щэхуу Одер и адрыщI ныджэм зэпрокI. Япэ ищахэм псы Iуфэм зыщагъэбыдэ.
Нэху щыху увыIакъым зауэлIхэр - зыдэсыну щIытIхэр къатIащ, я Iэщэхэр бийм хуагъэпсащ. Фашист быдапIэхэр гъунэгъут, я къэрэгъулхэр зэрызэпсалъэр зэхэпхырт. Абыхэм я зэпсэлъэкIэмкIэ къапщIэрт совет зауэлI гуп псым зэпрыкIауэ зэрапэтIысыр пщIыхьэпIэу зэрамылъагъур.
Пшагъуэ телъу нэху щащ. Ар фIыт нэхущым щIадзэу псым къызэпрыкIыну ди дзэхэм я дежкIэ.
Арати, нэху зэрыщу, Иуаным и гупым бийм еуэн щIедзэ. АрщхьэкIэ къарухэр зэхуэдэтэкъым. «ФыкъызыхэкIа псым фыхэтхуэжынщи, федгъэтхьэлэнщ», - жыхуаIэу нэмыцэхэр къобгъэрыкIуэ, ди зауэлIхэм яIыгъ щIы кIапэм, уэ къехым хуэдэу, шэр къытрагъэлъалъэ. Ауэ Иуаным и ротэм бийм худичыхыркъыми, зэхэуэр нэхъри гуащIэ мэхъу. Шэхэр мэфий, щIыр дэзджызджу гранатэхэмрэ топышэхэмрэ къоуэ. Фашисту яукIыр куэд мэхъу, ауэ совет зауэлIхэри хокIуадэ. ИтIани дыдейхэр псым къызэпрыкIыху зыIыгъын хуейт. ИкIи заIыгъащ.
Абы хэту ди дзэхэр псы Iуфэм къыщитIысыкIыу хуежьати, Иуаным зыкъеIэтри, маджэ: «Ей, маржэ хъужыхэнхэ, нобэ хуэдэ зы махуэщ Хэкум дэ Iэщэ къыщIыдитар… ЯпэкIэ!»
Командирыр япэ иту ди зауэлIхэм ебгъэрыкIуэн щIадзэ. Бийм зыхуэIыгъакъым - икIуэтащ.
А пщэдджыжьым Хьэсэн и ротэм фашисту щэм нэс зэтриукIащ. Псом ящхьэрати, ди дзэр псым зэпрыкIыныр къызэригъэпэщащ.
ШэджагъуэхуэкIуэу ротэр нэмыцэ къуажэ гуэрым дыхьащ. ЗауэлIхэр езэшат, зэхэуфIеяхэт. Ауэ ахэр хунэсакъым загъэпсэхунуи загъэкъэбзэнуи… ЛъэныкъуэкIэ къызэрыкъуэхауэ къуажэм къыхуэкIуэрт IэщэкIэ зэщIэузэда езырызекIуэ машинэхэр, ахэм яужь итыжт нэмыцэ лъэсыдзэр.
Иуаным псынщIэу зыпещIэ полкым и унафэщIым, Iуэхур зытетыр жреIэ икIи йолъэIу пщэдджыжьым щызэуа щIыпIэмкIэ икIуэтыжыну хуит къищIыну.
- Апхуэдэу щхьэ нэхъ къапщтэрэ? - къоупщI полковникыр.
- Къуажэм дыкъыдэнэмэ, нэщанэуапIэ дыхъунущ, дикIуэтмэ, зыхъумэжыпIэхэр диIэщ.
- Арамэ, хъунщ… ГъэзащIэ.
Ротэр, пщэдджыжьым щызэуа щIыпIэмкIэ йокIуэтыжри, бийм потIыс. Хъуреягъыр иращэкIыу езырызекIуэ машинэхэр къоблагъэ. Иуаным унафэ ещI: «Къэсыпа нэужькIэщ абыхэм дащеуэнур. Абдежым ахэр идубыдэнщ».
Мис, япэ итыр езым хуэзанщIэ къохъу. Зджызджу къыщхьэщокIуатэ жырым къыхэщIыкIа машинэжьыр, дэтхэнэ танкым нэхъри мынэхъ тIасхъэр. Гъунэгъу дыдэу зыбгъэдегъэхьэри, Хьэсэн абы гранатэр иреутIыпщ. Ауэ а зэ еутIыпщыгъуэмкIэ машинэм тета топыр хуэкъута къудейщ. И лъэгур и тIасхъапIэщи, и щIагъым щIэхуэу зэреуэнум зыхуещI. Машинэр къыщхьэщыхьэ щыхъум, Иуаным абы иреутIыпщ етIуанэ гранатэр. Езыми псынщIэу щIытIым зыдедзэж. Щыблэу къэIуащ уэ макъыр, щIыр игъэзджызджу. ЗэщIэфиежу адэ-мыдэкIэ зэбгролъеикI жыр къутахуэхэр.
… А псори напIэдэхьеигъуэм къэхъуа Iуэхущ. Абы къыкIэлъокIуэ етIуанэ тэлайр - етIуанэ машинэри къыщигъэуар. Куэд дэмыкIыу ещанэми мафIэ Iэмбатэу зыкърегъэIэт; еплIанэри, и лъэгур щIеудри, зепщыпщэу ныджэм къытренэ.
Зы зэман къызэплъэкIмэ, командирым елъагъу и гъусэ зауэлIхэр зыдэс щIытIхэм я щIыбагъ къыдыхьауэ машинэшхуитIым япэ взводыр Iисраф къызэращIыр. Абыхэм ягъэщтащи, сэлэтхэр къыщолъэт, къыщылъэтхэр нэмыцэхэм пулемёткIэ щIагъэлъэлъ.
- Фи гупэр, фи гупэр яхуэвгъазэ, - мэгуо Хьэсэн икIи а лъэныкъуэмкIэ зреч.
«Феуэ нэлатыр зытехуэнхэм», - мэятэ ар, и зауэлIхэм закъригъэщIэжу. Иуаным и гранатэр едзри, машинэхэм ящыщ зыр къегъауэ. ЕтIуанэми гранатэр иреутIыпщ. НэгъуэщI ар зыми хунэсыжакъым. Гъунэгъуу къыщыуа шэм и лъэр щIеуд.
Хьэсэн зыкъищIэжащ уIэгъэщым щIэлъу. Зигъэхъеину хуежьащ - лъэкIакъым. ЗыкъиIэбэрэбыхьу щIедзэ. Йоплъ и лъакъуэхэр зэрыхуэгъэхъейм. Зыр егъэхъеиф… ИкIи зэуэ къыхощтыкI: «Адрейр пытыжкъым!» ГущIыхьэ пщтырыр и тэмакъым къыщIоувэ: «ЕI, бетэмал, си щIалэгъуэ дахэти… Си лъакъуэр спымытыжу дауэ сыпсэуну?»
Абы хэту дохутырым и макъ щабэр къызэхех: «Уи гур умыухыж, лIыхъужь! Псэууэ укъызэрынам щыгуфIыкI!»
Илъэс тIощIрэ блым уиту ныкъуэдыкъуэ ухъуныр гукъеуэшхуэщ. Ауэ Иуан Хьэсэн и нэгум щIэкIат укIыгъэ Iэджэ, и ныбжьэгъу куэди хамэ щIыпIэхэм щыщIилъхьэжати, зауэм хиха фэбжьыр и щхьэ закъуэ насыпыншагъэу зэрыщымытыр къыгурыIуэрт.
1945 гъэм мэлыжьыхьым и 10-м Иуан Хьэсэн къыфIащащ Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэ лъапIэр. Газетым тету а унафэм къыщеджам ар иджыри сымаджэщым къыщIатхыкIыжатэкъым.
«И бын нэхъыфI дыдэхэм зэрахуэупсэмкIэ Хэкур къысхуэупсащ. Апхуэдэу щыщыткIэ, а пщIэшхуэм хуэфащэу дяпэкIи лэжьэни псэуни-хуейщ», - жиIэу фIы зэрищIэнум ар щIэхъуэпсырт.
А гъэ дыдэм абы Къэбэрдейм къигъэзэжащ. Хьэсэн цIыхухэм фIыуэ къалъагъурт, сыту жыпIэмэ абыхэм я Iуэху зэрыдэкIынт ар сыт щыгъуи зыщIэкъур. Республикэм и унафэщIхэм яхэту щылэжьам абы IуэхуфI куэд зэфIигъэкIырт.
1972 гъэм Иуан Хьэсэн ТIалиб и къуэр дунейм ехыжащ. Езыр къытхэмытыжми, лъэужьыфI къэзыгъэна адыгэлI нэсыр и лъэпкъэгъухэм тщыгъупщэркъым. Зыщалъхуа Дэхъушыкъуейм щагъэуващ абы и фэеплъ сын. А къуажэм и зы уэрамми и курыт еджапIэми Иуаным и цIэр зэрахьэ.
ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "680.txt"
} |
МЭРЕМ ПШЫХЬХЭР
Хабзэм щыщщ
Нэтемыгъахуэм иращIэкI тхьэлъэIу
Адыгэш къабзэ - шагъдий.
Шыр къыщалъхуа жэщым унагъуэм тхьэлъэIу щащIырт. ШыщIэм и цIэкIэ унагъуэ кIуэцIым щаIэт тхьэлъэIуитIым языхэзщ ар. Адыгэр зэтауэ къекIуэкIа мэкъумэш, Iэщ гъэхъун хуэIухуэщIэхэм щыщ дауэдапщэхэр зэраублэу щыта унагъуэ тхьэлъэIухэм къызэрыщхьэщыкI щыIэкъым мыри. Ауэ къыхэгъэщын хуейуэ Iуэхугъуэ зытIущ хэлъщи, абыхэм даблэкIынкъым.
ШыщIэр зыхуагъэфащэ щауэщIэ унагъуэм исмэ, абы япэщIыкIэ зрагъэгъэпскIырт, Iэдакъэбжьэ хуэдиз хъун башым къешэкIа хъыданым жьэгу мафIэм и кIэгъуасэм щыщ и IэкIэ абы щрагъэцIэлъырти, иужькIэ ар шы натIэмрэ шы тхыцIэмрэ щрагъэхуэжырт. Абы зэреджэр, нэтемыгъахуэ тхыгъэщ. Нэтемыгъахуэр шыщIэм щытращIэр дунейм къызэрытехьэрэ махуий ирикъуа нэужькIэщ. Унагъуэм исхэм фIэкIа хамэ кърихьэлIэркъым абы. Шы гъэхъуныр IэщIагъэ зыхуэхъуа лъэпкъхэм унейуэ зэрахьэу щытащ апхуэдэ нэтемыгъахуэ тхыгъэхэр. ХьэтIохъущыкъуей Ипщэ щыщ Щоджэнхэ я лъэпкъым шыщIэм тращIэу щыта нэтемыгъахуэ тхыгъэм и теплъэм къытекIауэ «хьэгъэджэгу бжыхь» жаIэу щытащ.
НэгъуэщI зы Iуэхугъуэм етпхыну дыхуейт щапхъэ къэтхьар. Дунейм къытехьа сабийр гущэм хапхэху нэ лей трагъаплъэртэкъым. Арагъэнт гущэхэпхэм зыщIрамыгъэIэтыщэри, гъунэгъу фызыжь зыплIытху нэхъыбэ абы къыщIрамыгъэблагъэри. ГущапIэ зыхуащIа сабийр хъыдан жэрумэм кIуэцIалъхьэн ипэ къихуэу гущэхэпхэ тын жаIэрти, хэти дзыгъуэ джанэ, хэти гущэ щхьэнтэтелъ, хэти гущэгурыгъ кърахьэлIэрт. Абы иужькIэ сабийр хъыдан жэрумэм кIуэцIалъхьэрти, гущэм хапхэрт. «Фэм и щабэр мэхъуэшщ, махуэ еянэм хокI» жаIэрти, а гущэхэпхэ махуэрат нэтемыгъахуэр сабийм тепщIэ хъуну къыщалъытэр. Щабэ дыдэу, сакъыурэ натIэкум хуэзэу кIэгъуасэр щахуэрт. ГъэщIэгъуэнракъэ, тещIэкIэхэр зэтехуэркъым. Хэти Iэпхъуамбэшхуэм и щабэр щхьэкум хуэгъэзауэ кIэгъуасапIэр хуэкIыхь-хуэкIыхьу трещIэ, хэти, а Iэпхъуамбэшхуэ дыдэр натIэкум хуегъазэри, кIэIунэ теплъэ иIэу трещIэ, хэти зыгъэлъагъуэ IэпхъуамбэмкIэ кIэIуантIэу трещIэ, хэти IэпхъуамбэжьакIэмкIэ къыхэщ къудейуэ хъуреишхуэ трещIэ. Уегупсыс хъунут щхьэж зэрыхуэIэижьым хуэдэущ нэтемыгъахуэр зэрытрищIэр жыпIэу. АрщхьэкIэ ныуэжьхэм жаIэу зэхэпхынут: «нанэ мыгъуэр лъаIуэу щытащ си лъабзэрэ нэтемыгъахуэрэ фымыгъэкIуэд, кхъыIэ, абы фыкIэлъыплъ» жаIэу. Мыбдеж къыщыхъури, шыщIэм тращIэ тхыгъэри зы гупсысэм и Iэужьу къэплъытэ хъуну ди гугъэщ. Абы иджыри къокI лъэпкъ щэн яхуэхъужауэ куэдым нэтемыгъахуэ тхыпхъэхэр щхьэхуэу яIэу зэрыщытар.
Нэтемыгъахуэр тращIэу унагъуэр жьэгум къекIуэлIэжа нэужьщ абы и щIыхькIэ Iэнэ щагъэувыр. Унагъуэм и нэхъыжьым и гупэр жьэгум и пащхьэмкIэ егъазэ, тхьэлъэIу шхыну ягъэхьэзыра ху мэжаджэм щыщ бзыгъэ Iэ ижькIэ къещтэри мэхъуахъуэ. Абы зэреджэр шым и нэтемыгъахуэ хъуэхъущ:
Ди Тхьэ, Тхьэшхуэ,
Куэдыр зи гуащIэ,
Псэущхьэ зи щхьэ дгъэлъапIэр
Къэгъэхъу щолэхъуу,
И щхьэр игъэкIыу,
И кIэр игъэпщу,
И лъэр псынщIэу,
КIуэрыкIуэныфIу,
И жэр хэмыщIу,
ЩыщIагъ имыIэу,
Къыумыгъапщэ нэ жагъуэ,
ХуэщI пэIэщIэ нэ бзаджэм,
И махуэр хуэщIэрэ,
И дунейр щIэщыгъуэ зэпыту,
ФIыуэ траIуэр къехъулIэу щыгъэIэ!
Хъуэхъум иужькIэ мэжаджэ бзыгъэм щыщ зы дзэкъэгъуэ хегъэщI, абы щыщ Iыхьи адрей щытхэм зыIуагъахуэ. Лъабжьэ зиIэ теплъэгъуэщ мыр: мэжаджэм щыщ дзэкъэгъуэ зыIугъэхуэныр сыт хуэдэ дауэдапщэ Iэнэми хабзэу хэлъащ. Абы куэд тратхыхьащ, куэди тепсэлъыхьыгъащ.
Шым и цIэкIэ етIуанэу унагъуэр жьэгу пащхьэм къыщызэхуэсынур шыр зекIуэш хъурэ зекIуэр къыщыхуагъэфащэм дежщ.
Табыщ Мурат.
Узыншагъэ
Дзэр быдэ хъун щхьэкIэ
Лъыр зи мащIэ цIыхум щынэ цIыкIу хуаукIырти, и тхьэмщIыгъур хуабэу кърахырт, тыкъыр цIыкIуу яупщIатэрти, имыгъэныщкIуу ирагъэгъэлъэтэхырт. Хуэмышхыу Iумпэм ищIмэ, ягъэвэпхъырт.
* * *
ХьэлIамэ кIупIинэм шэ хуабэ, шху дэпшхреймэ, абы Iэпкълъэпкъым хэлъ шлакхэр къыхегъэкI, напIэ зэлъахэри ешэщIыж.
* * *
Дзэр быдэ хъун щхьэкIэ гуэдзым къыхэщIыкIа кIытэ я жьэм жьэдалъхьэри ягъэныщкIуурэ жьэдагъэлъ, яхуэшэчыху, итIанэ къыжьэдадзыж. Апхуэдэурэ илъэсым къриубыдэу тхуэ-хэ ящI.
* * *
Дзэр быдэ хъун щхьэкIэ щыгъуэлъыжкIэ бжьыныху къикIыкIа хьэдзэ зы-тIу ягъэныщкIури яхуэшэчыху жьэдагъэлъ, итIанэ къыжьэдадзыж. Абы и ужькIэ нэху щыху зыгуэр пшхыи, уефи, уи дзэр плъэщIыжи хъунукъым.
* * *
Тэмакъыдзэр адыгэм зэригъэхъужу щытар: адыгэ бжьыныщхьэ гъэвар сымаджэм жьэдрагъалъхьэрти, пщтыру жьэдагъэлът упщIыIуху, Iэмал иIэмэ пэкIэ ягъэбауэурэ. Апхуэдэурэ махуищ-плIыкIэ зрагъэхьэлIэрти, сымаджэр хъужырт. ЩащIыр гъуэлъыжыгъуэм дежт.
* * *
Махъсымэ, мэрэмэжьей ящIу къэна кIэрыхубжьэрыхухэри адыгэм къигъэсэбэпу щытащ: къапщтэмэ, ахэр я напэм щахуэрти кIэрагъэлът, дахэ ещI, нэкIу къилъэлъ-сытхэр егъэкIуэд жаIэрт. Абы нэмыщI псы хуабэкIэ зэIыпхыу зрибгъэпскIынуи сэбэпышхуэщ.
* * *
Жьэн уз зыпкърытхэм, зи тхьэмбылым щIыIэ хыхьахэм я дежкIэ сэбэпышхуэщ кIытэ защIэкIэ щIа махъсымэ ефэну, абы нэмыщI, нэкIу зэлъахэм зрегъэукъуэдииж, нэхъ гъур уещI, лъыри егъэкъабзэ.
Къубатий Борис.
Псалъэ шэрыуэхэр
Шы зыгъуэт нэху тещхьэркъым
Си тхъэгъуэм си гъуанэдэплъэ, си лъаджэгъуэм къыслъимыплъэж.
«Сыщыкъулейм къыскIэлъыкIуащ, къулейсыз сыхъури - и щIыбагъ къысхуигъэзэжащ» - жыхуиIэщ.
Хьэ пэтрэ и шырыр дзапэкIэ зэрехьэ.
Адэ-анэм быным я деж щаIэ къалэныр хьэлэлу ягъэзэщIэн хуейщ, мыхьэнэр иIэщ.
Шы зыгъуэт нэху тещхьэркъым.
ЦIыхум къыхузэпища, къехъулIа сытым гу щимыхуэ щIыкIэ щыхэкIыжым, щыфIэкIуэдыжым деж хужаIэ хабзэщ.
Ухэныпэ нэхърэ - лъэхъуэмбыщIэ.
ПщIэ зиIэ, сэбэпышхуэ зыпылъ гуэр зыIэрыбгъэхьэ щымыхъум деж щыIэмкIэ арэзы уохъу.
Пщыхьэщхьэ акъылым нэхърэ - пщэдджыжь акъыл.
Пщэдджыжьым псори нэхъ гъэбелджыла, убзыхуа хъункIэ гугъэу Iуэхум и унафэр пщэдджыжь пщIондэ щагъэIэпхъуэм деж жаIэ хабзэщ.
Бзэгум къупщхьэ хэлъкъым.
Сыт ухуейми жыпIэфынущ. Зи хъыбарым, псалъэмакъым мыхьэнэ ирамыт цIыхум хуэгъэзауэ къапсэлъ.
Щауэ Къэлидар.
ГушыIэхэр
Си деж къэгъанэ
ЗэлIзэфызыр хъарзынэу зэдэпсэуурэ илъэс тIощIым нэс дэкIауэ, лIым ефэу къиублат. Ар фызым и гум техуакъым икIи лIым жриIащ:
- Алыхь, ефэныр щумыгъэтыжмэ, зы махуэ симысыну, сикIыжынум!
- ИкIыж, - и напIэр хуэдакъым лIым, - ауэ укъыщысшам щыгъуэ килограмм 50 фIэкIа ухъуу щытакъым, иджы килограмми 100-м нэбгъэсащи, си деж щызытеплъхьа лыр къэгъанэ, адрейр ихыж.
Сыхэмытми ирикъуркъэ?
ИнджылызыбзэмкIэ егъэджакIуэр щIалэ цIыкIум йошхыдэ:
- Си дерсым умыхьэзыру щхьэ укъакIуэрэ? Инджылызыбзэр щхьэ пфIэмыгъэщIэгъуэнрэ? Абы дуней псом цIыхуу тетым и ныкъуэр иропсалъэ!
- АтIэ сэ сыхэмытми ирикъуркъэ ар! Куэдыщэщ!!!
КъыслъэщIыхьакъым
ЩIалэ цIыкIур школым къикIыжауэ и анэм жреIэж:
- Мамэ, нобэ классым щIэс псоми мастэ хаIуащ, узыфэ гуэрхэр къапкърымыхьэн щхьэкIэ.
- Хъарзынэщ! Угъауэ къыщIэкIынкъым, инышхуэ ухъуащ.
- Сыгъакъым, умыгузавэ. КъыслъэщIыхьахэкъым, сыкъыщIэпхъуэжати.
ГъэщIэгъуэнщ
ЩIы хъурейм машинэ дапщэ щызекIуэрэ?
Тхыгъэ щхьэхуэхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, 1858 - 1865 гъэхэм Кавказ Ищхъэрэм ирашу Тыркум цIыху мин 493-рэ Iэпхъуащ. Абыхэм ящыщу 45.023 натыхъуейщ, 27.337-р абазэхэщ, 165.626-р шапсыгъщ, 74.567-р убыхщ, 17.000-р къэбэрдей адыгэщ.
* * *
Ди зэманым цIыху мин къэс автомобиль бжыгъэу хуэзэр: США-м - 760-рэ, Италием - 575-рэ, Японием - 557-рэ, Германием - 536-рэ, Канадэм - 539-рэ, Франджым - 535-рэ, Инджылызым - 517-рэ, Бельгием - 478-рэ, Испанием - 451-рэ, Швецием - 449-рэ, Урысей Федерацэм - 234-рэ. ЦIыху мин къэс тещIыхьауэ машинэ нэхъ мащIэ дыдэ щызекIуэр Китаймрэ Индиемрэщ, япэм 8, етIуанэм 6. Дуней псор зэрыщыту къапщтэмэ, цIыху миным щыхуозэ автомашини 114-рэ. Абы тепщIыхьмэ, нобэ ЩIы хъурейм щызокIуэ автомобиль мелуан 707-м нэс.
* * *
Испан тхакIуэшхуэ Сервантес Сааведрэрэ инджылыз драматург цIэрыIуэ Шекспир Уильямрэ зы махуэм - 1616 гъэм мэлыжьыхьым и 23-м - дунейм ехыжащ.
* * *
Зы километр зэбгъузэнатIэм цIыхуу щопсэу: Урысейм - 6, США-м - 42-рэ, Японием - 289-рэ, Инджылызым - 241-рэ, Франджым - 112-рэ, Китайм - 152-рэ, Бразилием - 19, Индием - 303-рэ, Италием - 189-рэ, Австралием - тIум тIэкIу щIигъу, Германием - 230-рэ, Израилым - 284-рэ, Индонезием - 108-рэ, Иорданием - 71-рэ, Пакистаным - 186-рэ, Сирием - 83-рэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым - 72-рэ, Адыгэ Республикэм - 59-рэ, Дагъыстэным - 49-рэ, Ингушым - 78-рэ, Къалмыкъым - плIы иримыкъу, Къэрэшей-Шэрджэсым - 31-рэ, Осетие Ищхъэрэ-Аланием - 88-рэ, Шэшэн Республикэм - 82-рэ.
* * *
Алыдж астрономхэм къызэрахутамкIэ, уафэм вагъуэбэ 48-рэ щыIэщ. Ауэ абыхэм я ужькIи нэгъуэщI астрономхэм вагъуэбэ 40 къагъуэтащ. А щIыкIэхэмкIэ, нобэ къахутауэ уафэм вагъуэбэ 88-рэ щыIэщ. Вагъуэбэхэм яхэтщ гъэм и лъэхъэнэ хэхахэм деж фIэкIа уафэм щумылъагъухэр. Иджыри къамыхутэфауэ нэгъуэщIхэри щыIэнкIи хъуну къалъытэ щIэныгъэлIхэм.
* * *
Зи Iэпкълъэпкъыр нэхъ хуабэ дыдэр джэдырщ - градус 43-рэ мэхъу. Абы кIэлъокIуэ тхьэрыкъуэр, бзу цIыкIухэр - градус 42-рэ. Гуэгушым, къазым, бабыщым, жьындум, къашыргъэм я хуабагъыр зэхуэдизщ - градус 40 - 41-рэ. Iэщ пIащэм, мэлым, хьэм, джэдум - 37 - 39-рэ яIыгъщ. ЦIыхур, номиныр, шыдыр, шыр, пылыр зэрызэщхьэщыкI щыIэкъым - градус 35 - 38-рэ.
* * *
ЦIыхухэр ику иту зэрыпсэур: Японием цIыхухъухэр ику иту илъэс 77,9-кIэ, цIыхубзхэр - 85,1-кIэ; Швецием - 77,6 - 82,6-кIэ; Испанием - 75,9 - 82,8-кIэ; Австралием - 76,4 - 82,0-кIэ; Канадэм - 76,7 - 81,9-кIэ; Швейцарием - 75,9 - 82,3-кIэ; Франджым - 75,2 - 82,8-кIэ; Норвегием - 76,0 - 81,9-кIэ; Бельгием - 75,7 - 81,9-кIэ; Италием - 75,5 - 81,9-кIэ; Австрием - 75,4 - 81,5-кIэ щопсэу. Урысей Федерацэм цIыхум ику иту къыщигъащIэр илъэс 67,7-рэщ.
ЩIыпIэ жыжьэхэм
Псы уардэунэ
Индонезием хыхьэ Бали хытIыгум щIыпIэ телъыджэ иIэщ. ХытIыгум и къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ бгы лъабжьэм псы къабзэ къыщыщIож. Абы щыпсэухэм пщIэшхуэ хуащI щIым и куупIэм къыщыщIэж псым икIи арауэ къалъытэ гъащIэщIэм къежьапIэ хуэхъур. Абы къыхэкIыу, а щIыпIэм дин хабзэ зэмылIэужьыгъуэхэр щрагъэкIуэкI, тхьэелъэIупIэу яIэщ.
И хъуреягъым и дахагъымрэ хьэуа къабзэмрэ дихьэхри, Раджа Карангасему къалэщIыб унэ щиухуэну мурад ищIыгъащ абдеж. Ар зэфIэкIауэ щытащ 1942 гъэм. ИкIи а резиденцэм Тиртагангэ фIащащ («Тирта» - псы, «Гангэ» - Индием щежэх Ганг псырщ).
Зи гугъу тщIы щIыпIэ телъыджэм гектар 1,2-рэ еубыд.
Псы уардэунэр архитектурэ и лъэныкъуэкIэ щIыпIищу зэпычащ, зыр зым и щхьэм тету, скульптурэ пщIы бжыгъэхэр итщ. Япэ комплексым гуэлищ ущрохьэлIэ, етIуанэм ущес хъу псыгуэн зыбжанэ итщ, ещанэр резиденцэр зейуэ щыта Раджа и хэщIапIэу къалъытэращ, ар тхьэм хиха щIыпIэу ябжри, абы къыщыщIэж псыхэр дин дауэдапщэхэм къыщагъэсэбэп.
Зи гугъу тщIы Псы уардэунэм китай, бали лъэпкъхэм я хабзэм тету щIа архитектурэ ухуэныгъэхэм ущрохьэлIэ. Телъыджэщ ахэр зэпуплъыхьыну, псыщхьэм тет мывэ щIимыгъэмбрыуэхэм утету къэпкIухьыну…
Къэбарт Мирэ.
ФщIэн папщIэ
Iуащхьэмахуэ и адэ
Шэджэмыпсымрэ Кестантэрэ щызэхэж щIыпIэм дежщ Шэджэмыщхьэ вулканыр здыхуэзэр. КъызэрыщIэкIамкIи, ар дуней псом щыцIэрыIуэ ди Iуащхьэмахуэ нэхърэ куэдкIэ нэхъыжьщ, Кавказым и налкъутыр къызытекIари аращ!
А вулканыр куэдым яцIыхуркъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, Iуащхьэмахуэ нэхърэ куэдкIэ нэхъ лъахъшэщ икIи мэщэщэж. Ауэ ар апхуэдэу сытым дежи щытакъым. ЩIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, Шэджэмыщхьэ вулканыр 8 нэхърэ мынэхъ мащIэу къикIащ икIи и еянэ къибыргъукIыгъуэр илъэс щитхукIэ узэIэбэкIыжмэ псэуа цIыхухэм ягъэунэхуащ! Географ цIэрыIуэ Страбон и тхыгъэхэм (ди эрэм и пэщIэдзэм Кавказ Ищхъэрэм и географием нэхъ щыгъуазэу щыта, абы теухуауэ тхыгъэ куэд къызэзынэкIа алыдж географщ) дызытепсэлъыхь вулканыр белджылыуэ къахощыж. А вулканыр егъэлеяуэ абрагъуэу щытащ, и зы къикIыгъуэ къэс и лъабжьэр ехым-ехыурэ, Iуащхьэмахуэ нэхърэ куэдкIэ нэхъ цIыкIу хъужащ.
Хэт ищIэнт зызэман Шэджэмыщхьэ вулканым и зы къикIыгъуэм и Iэужьу къэунэхуа Iуащхьэмахуэ къэзыгъэщIам нэхъ лъагэ хъуну?!
Вулканым и хъуреягъыр бгыщ, дэнэкIэ умыплъэми. А лъагапIэм щыIа цIыху закъуэтIакъуэхэм зэрыжаIэмкIэ, зы макъи щызэхэпхкъым, зы псэущхьи бзуи щыплъагъуркъым, къапщтэмэ, хьэуари и пIэм ижыхьауэ къыпщохъу, апхуэдизкIэ даущыншэщи. Зыгуэр къыпкIэлъыплъ хуэдэ, уи щхьэщыгум ныбжь гуэрхэр къиувэу къыпщохъу. Нэхъ гъэщIэгъуэнращи, хьэршым къикIыу, зищIысыр къамыхута гуэрхэр мы щIыпIэхэм къыщхьэщыхьэу, тэлайкIэ заIэжьа нэужь бзэхыжу жаIэ.
Дохъушокъуэ Синэ.
НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар НэщIэпыджэ Замирэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "681.txt"
} |
Из осетинского фольклора
ПЕСНЯ О ХАМИЦЕ ХАМИЦАЕВЕ
Умер, говорят, от прежних ран
Или от иной какой-то хвори
Старый Тасолтанов Тасолтан
В Малой Кабарде, родне на горе.
Было у алдара , говорят,
Семь сынов и дочка Фатимат.
Говорят, он, старый, на прощанье
Сыновьям оставил завещанье.
Говорят, сказал он: «Коль умру,
Рода нашего не обесславьте,
И свою красавицу сестру
Братскою заботой не оставьте!»
Он сказал им: «Девушка - цветок.
Без любви цветок цвести не станет.
Если не сорвет садовник в срок,
Пожелтеет лист, цветок увянет.
Приглядите Фатимат в мужья
Парня удальца из самых лучших.
Пусть сперва соседские князья
Право сватать дочь мою получат.
После пусть посватаются к ней
Храбрые дигорские алдары.
А потом средь вольных узденей
Поищите - не найдется ль пары.
Может, будет всех других милей
Кто-нибудь сестрице вашей, эй!»
Рвется к Тасолтановым в зятья
Много всяких женихов богатых.
К братьям все окрестные князья
Посылают сыновей и сватов.
От гостей чванливых шум стоит
В доме Тасолтана, тихом прежде.
А невеста запершись сидит,
Не глядит на женихов заезжих.
Весть про эти странные дела,
Весть о том, как некая девица
И глядеть на женихов боится,
До дигорского дошла села,
Там - до Хамицаева Хамица.
И тогда на ум ему пришло
Тоже взять и попытать удачи.
И неспешно старое седло
Кинул он на спину рыжей клячи.
И поехал на свой риск и страх,
И предстал пред окнами девицы
В старых самодельных башмаках,
В шитых перешитых ноговицах.
На него алдары не глядят,
Но Хамиц кнутом из бычьей кожи
Щелкнул так, что даже Фатимат
Мигом встала с шелкового ложа.
И сказали братья женихам:
«Фатимат тому лишь будет пара,
Кто похитит и пригонит нам
Сто коней ногайского алдара».
Три прошло или четыре дня.
Женихи исчезли вдруг нежданно,
А Хамиц табун - сто три коня -
Пригоняет к дому Тасолтана.
Из окошка Фатимат глядит,
Видит, на дворе туман клубится.
Это не туман, а пар стоит
Над добычей храброго Хамица.
Роду Тасолтана, говорят,
С бедняком случилось породниться.
Отдали сестрицу Фатимат
Братья Хамицаеву Хамицу.
В доме было счастье, говорят.
Муж любил жену, и жили в мире.
Длилось их согласье, говорят,
Года три, а может, и четыре.
Молодым счастливо до конца
Жить бы, да завистники не дали.
Царгасати своего гонца
К братьям Тасолтановым послали.
И сказал гонец: «Случилось зло,
С мужем Фатимат живет неладно.
Пьет арак дигорское дзигло,
Мучает жену и бьет нещадно».
И тогда в Дигорию пошли
Месть вершить разгневанные братья,
И в глухих горах подстерегли
И убили собственного зятя.
И к сестре своей пошли потом
В дальнее дигорское селенье,
Чтоб вернуть сестру в отцовский дом,
Чтоб ее избавить от мученья.
Вот приходят братья, в дверь стучат
И в кунацкую идут все вместе.
Будто чует сердце Фатимат,
Что пришли они с недоброй вестью.
Братья видят на сестре атлас,
Тонкий бархат, пояс золоченый,
Что мужья спокон веков у нас
Покупают лишь любимым женам.
Плачут Тасолтановы сыны.
Поняли они, что совершили.
«Ты прости, сестра, что без вины
Мужа твоего мы порешили.
Ой, поверили мы на беду
Слову Царгасатовых проклятых.
Пусть оплакивают в их роду
Сыновей и внуков неженатых.
Пусть все женихи из рода их
Женихами так и умирают,
Пусть все их невесты до своих
Свадеб никогда не доживают».
Фатимат не слышит ничего -
Что ей покаянья и проклятья!
«Вы убили мужа моего
Ни за что, мои родные братья.
Не ждала от вас я, братья, зла,
Я всегда вас слушала, любила».
Фатимат с дубового стола
Ножницы булатные взяла,
Острием их грудь свою пронзила.
Примечания:
Тасолтановы - князья Малой Кабарды.
Алдар-князь (осет.)
Царгасата - привилегированное сословие в дореволюционной Осетии.
Источник:
Песни далеких лет. Переводы Наума Гребнева. - Осетинская народная поэзия. Изд. второе, дополненное, Орджоникидзе, Ир, 1974.
Згъэхьэзырар Чэрим Марианнэщ
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "682.txt"
} |
Темыркъан Юрий: «Сызэрыадыгэм сызэрыригушхуэр псалъэкIэ къэIуэтэгъуейщ!»
Темыркъан Хьэту и цIэр зэрихьэу КъБКъУ-м хэт цIыху зэIущIапIэ пэшышхуэм еджапIэ нэхъыщхьэм и егъэджакIуэхэмрэ студентхэмрэ иджыблагъэ щрагъэблэгъащ дызэрыгушхуэ ди хэкуэгъу, СССР-м, РСФСР-м, КъБР-м я цIыхубэ артист, УФ-м и Къэрал саугъэтымрэ Глинкэм и цIэр зезыхьэ саугъэтымрэ я лауреат, литературэ, гъуазджэ унэтIыныгъэхэмкIэ Урысейм и Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща, Санкт-Петербург щIыхь зиIэ и цIыху, а къалэм и къэрал филармонием и Академическэ симфоние оркестрым и художественнэ унафэщI къулыкъум илъэс 30-м щIигъуауэ пэрыт, дуней псом къыщацIыху, оркестр цIэрыIуэ зыбжанэм я тхьэмадэ Темыркъан Юрий.
Зэхыхьэр къыщызэIуахым я гуапэу къыхагъэщащ Темыркъан Хьэту и зэфIэкI куэд университетым и зыужьыныгъэм зэрырихьэлIар, абы и цIэр зезыхьэ пэшым пшыхь гъэщIэгъуэн куэд зэрыщрагъэкIуэкIыр.
КъБКъУ-м и ректор Алътуд Юрий жиIащ КъБКъУ-м щIыхь зиIэ и профессор, еджапIэ нэхъыщхьэм и Попечительскэ советым хэт, дуней псом щыцIэрыIуэ икIи пщIэшхуэ щызиIэ, тхыдэ щIэинхэр хъумэнымрэ лъэпкъ макъамэм зегъэужьынымрэ хэлъхьэныгъэфIхэр хуэзыщI Темыркъан Юрий щIэх-щIэхыурэ я еджапIэм къазэрыхуеблагъэр сыт щыгъуи гуапэ зэращыхъур, щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я цIыху цIэрыIуэм и гъащIэмрэ лэжьыгъэхэмрэ зыхагъэгъуэзэну икIи я студентхэр абы епсэлъэну Iэмал зэрагъуэтым мыхьэнэшхуэ зэриIэр.
Къызэхуэсахэр ирагъэплъащ КъБКъУ-м щрагъэкIуэкI лэжьыгъэхэм, къэралым и еджапIэ нэхъыщхьэхэм я деж абы щиубыд увыпIэм, Темыркъанхэ Хьэту, Борис, Юрий сымэ я гъащIэмрэ гуащIэмрэ теухуа видеонэтынхэм. Абы хыхьэу къагъэлъэгъуащ лъэпкъыр дызэрыгушхуэ цIыху щэджащэ Темыркъан Юрий и ныбжьыр илъэс 75-рэ зэрырикъур Санкт-Петербург зэрыщагъэлъэпIар, абы къыщызэрагъэпэща «Гъуазджэхэм я ут» фестивалым зыкърезыгъэхьэлIа УФ-м и Президент Путин Владимир «Хэкум и пащхьэ щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденыр Темыркъаным къызэрыхуигъэфэщар, макъамэ гъуазджэм зегъэужьыным хуищIа хэлъхьэныгъэфIхэр къилъытэу.
Нэтынхэм къыхощ унафэщI, къызэгъэпэщакIуэ IэкIуэлъакIуэ Темыркъан Бориси лъэпкъ макъамэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэфI зэрыхуищIар, абы и унафэм щIэт симфоние оркестрым хэтхэм адыгэ пшынэкIэ ягъэзэщIэну япэ лэжьыгъэхэр зэрызэхилъхьар. ЗэфIэкI зиIэ композиторым и лэжьыгъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щIэупщIэшхуэ щаIэщ. Абы зэхилъхьа макъамэхэр музыкэ еджапIэхэм, республикэм щекIуэкI концертхэм щагъэзащIэ. Иужьрей илъэсхэм Темыркъаным и унафэм щIэту Кавказ Ищхъэрэм и макъамэ фестиваль зыбжанэ екIуэкIащ. А щэнхабзэ зэхыхьэхэм Кавказ Ищхъэрэм и республикэхэм я композиторхэм я Iэдакъэ къыщIэкIа лэжьыгъэ 40-м щIигъу и оркестрым щигъэзэщIащ. Урысейм и къалэ зэмылIэужьыгъуэхэм, Армением, Украинэм, нэгъуэщI къалэхэм я симфоние оркестрхэм я концертхэми ирагъэблагъэурэ Темыркъаныр ядэлэжьащ. 1990 гъэм къыщыщIэдзауэ 1991 гъэм и шыщхьэуIу пщIондэ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр къулыкъум пэрытащ Темыркъан Борис. Макъамэм хуищIа хэлъхьэныгъэфIхэр къалъытэри, КъБР-м и Къэрал саугъэтыр, Лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэ орденыр абы къыхуагъэфэщащ.
- Хабзэ хъуауэ мы еджапIэм Темыркъан Юрий и щIыхькIэ къыщызэрагъэпэщ пшыхь гъэщIэгъуэнхэм къекIуалIэхэм фIыщIэ фхуэфащэщ. Апхуэдэ зэхыхьэхэм адэкIи къыпащэну ди гуапэщ. Юрий къыхуагъэфэща дамыгъэ лъапIэхэр я щыхьэтщ абы лэжьыгъэ купщIафIэхэр къызэрызэринэкIамрэ гъащIэ гуащIафIэ къызэрикIуамрэ. Къэбэрдей-Балъкъэр, Урысей, дунейпсо щэнхабзэ, жылагъуэ гъащIэм жыджэру зыкъыщызыгъэлъагъуэ, зи хэкумрэ макъамэмрэ хуэпэж Юрий и лэжьэгъухэм я пщIэрэ республикэм, къэралым ис куэдым я лъагъуныгъэрэ къилэжьащ, - жиIащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, КъБКъУ-м и Попечительскэ советым хэт Сэхъурокъуэ Хьэутий. - Студентхэр фыкъыхузоджэ еджапIэм и унэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм щIэиныфIхэр къыщызыгъэна фи егъэджакIуэ Iущхэр зыщывмыгъэгъупщэну, абыхэм я IуэхущIафэхэм пыфщэну, республикэпсо, урысейпсо, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм ехъулIэныгъэхэр щызыIэрывгъэхьэну, щэнхабзэм, гъуазджэм, щIэныгъэм щывиIэ зэфIэкIхэм хэвгъэхъуэну.
Зэхыхьэ гуапэр ягъэдэхащ Крутой Игорь къызэригъэпэща «Академия талантов» урысейпсо фестивалым щытекIуа, КъБКъУ-м уэрэдымкIэ и «Амикс» театрым и гуп нэхъыщIэм и уэрэджыIакIуэ Куэцэ Идар («Верни мне музыку»), «Кабардинка» къэрал академическэ къэфакIуэ ансамблым хэтхэу КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Куэтэншыхэ Русланрэ Каринэрэ. Куэцэ Идар гуфIэгъуэ пшыхьхэр зезыгъакIуэм и хьэтиякIуэ башыр тыгъэ хуищIащ маэстро Темыркъан Юрий.
- Ди адыгэ къафэхэр щыслъагъукIэ си нэпс къысфIокIуэ, сыту жыпIэмэ апхуэдэ дахагъэ къэзыгъэщIыфынур лъэпкъ телъыджэщ. Дуней псор къызэхэскIухьами, ди къафэ, хабзэ гъуэзэджэхэм, щэнхабзэ лъагэм хуэдэ зиIэ зы лъэпкъи срихьэлIакъым. Сызэрыадыгэм сызэрыригушхуэр псалъэкIэ къэIуэтэгъуейщ. Пшыхьыр къызэзыгъэпэщахэм фIыщIэ фхуэфащэщ сызэревгъэблэгъам папщIэ, - жиIащ Темыркъан Юрий.
Пшыхьым кърихьэлIахэр зы дакъикъэкIэ хуэщыгъуащ Юрий и къуэш нэхъыжь, УФ-м и цIыхубэ артист, КъБР-м и Композиторхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщIу щыта дирижёр, композитор цIэрыIуэ Темыркъан Борис.
ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин, КъБР-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министрым и къуэдзэ Къэжэр Артур сымэ, нэгъуэщIхэри.
Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "683.txt"
} |
Дунейм щыхъыбархэр
Ингушым и Iэтащхьэр хахынущ
УФ-м и Президент Путин Владимир Ингушым и ЦIыхубэ Зэхуэсым и депутатхэр хэплъэу республикэм и Iэтащхьэр хахын щхьэкIэ къыхилъхьащ цIыхуищым я кандидатурэхэр. Дызэрыщыгъуазэщи, мэкъуауэгъуэм и 26-м и къулыкъум текIащ 2008 гъэ лъандэрэ республикэм и унафэ зыщIа Евкуров Юнус-Бэч.
Къэралым и Президентым я цIэ къриIуащ республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр мы зэманым пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Калиматов Мэхьмуд-Хьэжы, Нэзрэн къалэ советым и депутат Евлоев Урысхъан, «Вымпел-Коммуникации» акционер зэгухьэныгъэм и IэщIагъэлI Зурабов Магомед сымэ.
Iэтащхьэр республикэм и Парламентым и депутатхэм хахынущ фокIадэм и 8-м. ЩыIэ хабзэм ипкъ иткIэ, а къулыкъум ягъэув депутат нэхъыбэм Iэ зыхуаIэтар.
А къулыкъум теувэнур зэкIэ мынаIуэми, нэрылъагъущ абы зэфIигъэкIын хуейуэ къалэн куэд и пщэ къызэрыдэхуэнур. Республикэм иджыпсту щыIэ щытыкIэр узыщыгуфIыкIын хуэдэкъым: жылагъуэр зыхэт зэпэщIэтыныгъэр, нэгъуэщI мыхъуми, къигъэщэбэным, цIыхубэм я дзыхь властым къилэжьыжыным и закъуэкъым абы къыпэщылъыр, атIэ илъэс куэд хъуауэ а щIыналъэм илъ зэныкъуэкъуми унафэ трищIыхьын хуейщ. А зэныкъуэкъур къызыхэкIыр Шэшэнымрэ Ингушымрэ я гъунапкъэхэр зэрахуэмыгуэшырщ. Абы теухуа зэдауэхэм хеящIэ IуэхущIапIэхэм щыхэплъэу, хабзэм ипкъ иткIэ унафэ тращIыхьынырщ хэкIыпIэу зэкIэ щыIэр, ауэ, апхуэдэу ящIми, цIыхубэр арэзы зытехъуэн унафэ къащтэфыныр фIэщщIыгъуейщ.
ЖыгыщIэхэр мелардиплIым нагъэсыныр я хъуэпсапIэу
Жыг мелуан 350-рэ - сыхьэт 12-м къриубыдэу! Апхуэдиз жыг иджыблагъэ щыхасащ Эфиопием.
Гъэмахуэ лэжьыгъэхэм - хадэ хэсэным, къэкIыгъэхэм якIэлъыплъыным, къахуэхъуар къехьэлIэжыным цIыхум и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зэриIэм и гугъу щIэпщIын щыIэу къыщIэкIынкъым. Унагъуэм и ерыскъы «къигъэхъуапIэ» ар зэрыхъум и мызакъуэу, узыншагъэмкIи сэбэпщ хадэм уилэжьыхьыныр. Абыи дохутырхэр щыхьэт техъуащи, ари цIыхухэм ягъэщIэгъуэжыркъым.
ГъэщIэгъуэныр сыхьэт 12-м къриубыдэу жыг мелуан 350-рэ хэпсэфынырщ. КъуэкIыпIэ Африкэм щыIэ Эфиопие къэралыгъуэм щыпсэухэм жэрдэм къыхалъхьэщ, зэрыжаIэу, зи лъэ вакъэ изылъхьэу хъуар зы махуэм зэхуэсри… жыгыщIэ 353.633.660-рэ хасащ.
Iуэху щхьэпэм хэтащ псори - цIыхухъуи цIыхубзи, нэхъыжьи нэхъыщIи, къулыкъущIэхэри лэжьакIуэ къызэрыгуэкIхэри. ЖыгыщIэхэр щIыпIэ миным хуэдизым хагъэзэгъащ. Iуэхум цIыху нэхъыбэ хэтыну Iэмал яIэн, абы и мыхьэнэр нэхъри зыхрагъэщIэн папщIэ, языныкъуэ еджапIэхэми IуэхущIапIэхэми я лэжьыгъэр а махуэм зэпагъэуащ. Къэралым и мэзхэр кIуэ пэтми нэхъ мащIэ зэрыхъум иригузавэу ирагъэжьа Iуэхум и фIыгъэкIэ щытыкIэр зэтеувэжыну щогугъ псори. Эфиопиер а бжыгъэмкIи къызэтеувыIэну и мурадкъым - мы илъэсым и кIэ пщIондэ къэралым и жыгыщIэхэр псори зэхэту мелардиплIым нигъэсыну хуейщ.
1900 гъэхэм я пэщIэдзэм а хэкум и Iыхьэ щанэр мэзылъэу щытащ, ауэ илъэс тIощIкIэ узэIэбэкIыжмэ, абы щыщу къэнэжар процентиплI къудейт. Мэзхэр апхуэдизу зэрыкIуэщIар епхащ а къэралым цIыхуу исыр хуэдиплIкIэ зэрыбэгъуам - цIыху бжыгъэм хэхъуэхукIэ, пхъэуэ къагъэсэбэпри нэхъыбэ мэхъу. Зи щIыналъэр километр зэбгъузэнатIэ 1.104.300-рэ хъу Эфиопием иджыпсту цIыху мелуани 100-м щIигъу исщ. И цIыху бжыгъэкIэ Африкэм етIуанэ, дунейм 13-нэ увыпIэхэр щиIыгъщ абы.
Нобэ
♦Венецием (Италие) къыщызэIуах дунейпсо кинофестивалыр
♦1851 гъэм Санкт-Петербургрэ Москварэ зэпызыщIэ гъущI гъуэгум мафIэгухэр пIалъэ убзыхуам тету щызекIуэныр зэтраублауэ щытащ.
♦1920 гъэм Урысейм цIыхуу щыпсэур зыхуэдизыр зрагъэщIэн папщIэ, совет къэралыгъуэщIэм и Правительствэм и унафэкIэ, ахэр япэу ябжауэ щытащ.
♦1924 гъэм Налшык къыщызэрагъэпэщащ ФизкультурэмкIэ областной совет.
♦1936 гъэм Японием къыщызэрагъэпэщащ «Тойота» автомобиль компаниер.
♦1941 гъэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм унафэ къищтащ Волгэ Iуфэм Iус нэмыцэхэр а щIыпIэм игъэIэпхъукIауэ Сыбырым, Къэзахъстаным, Курыт Азием шэным теухуауэ. Нэмыцэхэм я совет автономием и цIыхухэм шэч хуащIат фашистхэм ядэIэпыкъуу. Ахэр зэрымыкъуэншар 1964 гъэм хэIущIыIу хъужауэ щытащ.
♦1749 гъэм къалъхуащ нэмыцэ щIэныгъэлI, усакIуэ Гёте Иоганн Вольфганг.
♦1999 гъэм къалъхуащ совет тхакIуэ, драматург Платонов Андрей.
♦1918 гъэм къалъхуащ Хэку зауэшхуэм и зэманым партизан гупым и унафэщIу щыта, зэрымыпсэужу Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэр зыфIаща Чайкинэ Лизэ.
♦1925 гъэм къалъхуащ совет тхакIуэ-фантаст, зэдзэкIакIуэ Стругацкий Аркадий.
♦1925 гъэм къалъхуащ совет тхакIуэ, сценарист Трифонов Юрий.
♦1933 гъэм къалъхуащ физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Щокъуий Владимир.
♦1939 гъэм къалъхуащ совет актёр, УФ-м и цIыхубэ артист Ивашов Владимир.
♦1948 гъэм къалъхуащ Урысей актрисэ, УФ-м и цIыхубэ артисткэ Гундаревэ Наталье.
♦1954 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист Мыз Ахьмэд.
♦1954 гъэм къалъхуащ КъБР-м физкультурэмрэ спортымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ГъуэплъащIэ ТIэхьир.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 27 - 28-рэ, жэщым градус 16 - 18 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
ЩхьэлыкIыр зыхьри мэгурым,
щхьэл мывэр зыхьри мэгурым.
Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "684.txt"
} |
ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 75-рэ щрикъум ирихьэлIэу
СЫТКIИ ЩАПХЪЭ
Абы къигъэщIар илъэс тIощIрэ тхурэ ирикъуркъым. И щIалэгъуэ дахэу, и насып къэкIуэгъуэу ар дунейм ехыжащ.
Мэсей Аслъэнджэрий 1920 гъэм Ерокъуэ къыщалъхуащ, пасэу и адэр фIэкIуэдри, унагъуэ Iуэхури и пщэм къыдэхуащ.
Налшык дэт егъэджакIуэ техникумыр къиуха нэужь, Аслъэнджэрий я къуажэм къокIуэжри, щIэблэм щIэныгъэ иригъэгъуэту, школым и унафэщIым и къуэдзэу мэлажьэ. Адыгэ щIалэ екIум хьэл зэтет иIэт, нэмысышхуэ хэлът, IуэхукIэ бгъэдыхьам «хьэуэ» жриIэртэкъым. Апхуэдэущ ар зэращIэжыр и къуажэгъухэм, и ныбжьэгъуу щытахэм, и Iыхьлыхэм.
Хэку зауэшхуэр къэхъеиным куэд имыIэжу Мэсейр ВКП(б)-м и Лэскэн райкомым и парт кабинетым и унафэщIу мэлажьэ.
Аслъэнджэрий езыр фIэфIу зауэм яфIэкIуащ, дамыгъэкIыну хуит къызэращIми ебакъуэри.
1942 гъэм фашистхэм Сталинградрэ Кавказымрэ хуаунэтIащ къаруушхуэ. Абыхэм лIэн-къэнэну япэщIэува совет зауэлI хахуэхэм ящыщт адыгэ щIалэр. Тенджыз ФIыцIэм и дзэ гупым хэту абы лIыхъужьыгъэ нэс къигъэлъагъуэрт, зауэлIхэм щапхъэ яхуэхъурт.
Мэсейр политрукыу здэщыIэ фочауэ батальоныр зэгуэрым бийм къиухъуреихьащ. Ауэ Аслъэнджэрийрэ и ныбжьэгъухэмрэ я гур яфIэкIуэдакъым. Зауэ гуащIэ ирагъэкIуэкIыурэ, зэрыхуа щытыкIэ гугъум къикIыжхэри, ди дзэм гъусэ зыхуащIыжащ. Абы щыгъуэ Мэсейр уIэгъэ хьэлъэ хъуащ икIи уIэгъэщым илъэс нэблагъэкIэ щIэлъащ. Хъужа нэужь, Аслъэнджэрий танкисту ирагъэджэну Чирчик (Узбекистан) ягъакIуэ.
1944 гъэм и гъатхэм Мэсейр Белорус фронтым щозауэ. Ар танк взводым и унафэщIщ. Фашистхэр СССР-м ирахужа нэужьи, Европэм ис лъэпкъхэр хуит къэзыщIыжахэм яхэтащ.
ЕтхущIанэ танк бригадэм Аслъэнджэрий пщIэшхуэ щиIэт. Бийм и щIыпIэм уащхъуэдэмыщхъуэу къыщыхутэфрэ нэмыцэхэр игъэгулэзу, абыхэм япэтIысрэ гъуанэдэууэ Iисраф зэтрищIэу Мэсейм Iэджэ игъэхъащ. КIуэрыкIуэм здытетым езым и танкымкIэ еуэурэ бий танкитI икъутэрт. Апхуэдэу зэрыщхьэмыгъазэм, зэрыхахуэм папщIэ абы кърат Вагъуэ Плъыжь орденыр.
Командир Iэзэу зэрыщытыр псом хуэмыдэжу нэрылъагъу къищIащ 1945 гъэм и щIымахуэм Польшэм зэрыщызэуам. Езым къигупсыса Iэмалхэр къигъэсэбэпурэ, а лъэхъэнэм Аслъэнджэрий бийм хэщIыныгъэшхуэ иритащ. Абы икъутащ топ зэмылIэужьыгъуэу пщыкIуз, жыр быдэм къыхэщIыкIа машинэу пщIы, Iэщэ зэрылъ транспорту пщIы, Iэщэрэ шэрэ зэрылъ гу зэщIэщIауэ пщIейрэ тхурэ.
Ауэ абыхэмкIи иухыркъым ерокъуэ щIалэм зауэм щигъэхъар. Ар къыхэжаныкIащ Петркув-Куявски деж щекIуэкIа зауэ гуащIэми. Генерал Орлов и Iэ зыщIэлъ тхылъым мыпхуэдэу итщ: «Бийм иIыгъ щIыпIэм тIасхъэщIэх танкищкIэ кIуауэ, уащхъуэдэмыщхъуэу ятеуэри, фашист зауэлIхэр игъэгужьеящ, Петркув-Куявски къалэм яфIыдыхьэри, къуентхъыуи зыIэригъэхьащ топитху, пулемёт пщыкIутI, хьэлъэ зэрылъ машинэ пщыкIубл, апхуэдэу гъэр къищIащ бий сэлэтрэ офицеру зы гуп».
Люблин, Демблин, Мазовецк къалэхэр къыщащтэми ар япэ итащ, бийм и щхьэр щIригъэхьэу. 1945 гъэм и мэлыжьыхь мазэм лейтенант Мэсей Аслъэнджэрий Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэ лъапIэр къыфIащащ. Хэку зауэшхуэр иухыным къэнэжа щымыIэу ар Вислэ деж щыхэкIуэдащ.
Ди щхьэхуитыныгъэм зи псэр щIэзыта Мэсей Аслъэнджэрий и фэеплъыр адэжь щIыналъэм щагъэлъапIэ. Абы и цIэр зэрахьэ Налшыкрэ Нарткъалэрэ, къуажэ зыбжанэм я уэрамхэм, Ерокъуэ курыт еджапIэм.
ТIАСХЪЭЩIЭХ
646-нэ фочауэ полкым и штабым ираджащ тIасхъэщIэх гупым и пашэ сержант Тамбий Владимир. Полкым и дзэ Iэтащхьэхэм нэмыщI абы щIэст генерал гуэри. Тамбийм къыжраIащ къалэнышхуэ и пщэм къызэрыдалъхьэр - и гупыр щIыгъуу Днепр зэпрыкIын икIи езыхэм яхуэзанщIэ псы Iуфэм бийм къарууэ щиIэр зыхуэдизыр къащIэу, рацэкIэ къатын зэрыхуейр.
- Ди кхъухьлъатэхэмрэ топхэмрэ нэхъ зэуэну щIыпIэхэр, псом хуэмыдэу Iэщэ щытыпIэхэр, къэфхутэу абыкIэ хъыбар къыдэвгъэщIэн хуейщ, - къагъэIущырт ар. - Упэлъэщын?
- Хуит сыфщI Iуэхум и ужь сихьэну!
- УмыпIащIэ, - пыгуфIыкIащ генералыр. - Уэ иджыри ущыгъуазэкъым а псори къэпщIа нэужькIи къыппэщытым.
- Сыт щхьэкIэ, къэдгъэзэжынукъэ?
- Хьэуэ, адрей псы Iуфэм фыкъыщытIущIэнущ, - жиIащ унафэщIым.
- НтIэ, ныбжьэгъу генерал, абы щыгъуэ фэ фынызэпрыкIыху дыфпэплъэу дыщысынкъым. Дэ бийм фIэдубыдынщ фыныщитIысыкIыну щIыпIэр.
- ИкъукIэ фIыуэ къыбгуроIуэ, сержант, дызэрыпщыгугъыр. Ауэ?.. - генералыр зэуэ нэщхъей къэхъуащ. - Сэ уэ бжесIэн хуейщ, уи гъусэнухэми ар яжеIэж, мыбы хэгъэзыхь зэрыщымыIэр, псэзэпылъхьэпIэу фи Iуэхур зэрыщытынур...
- АбыкIэ сэри си гупми укъыттемышыныхь.
- Гъуэгу махуэ, сержант, узыншэу Днепр адрыщI дыщызэхуэзэжыну сыщогугъ...
КхъуафэжьеитIкIэ тIасхъэщIэххэр жэщым Днепр тохьэ. БгъуфIэщ, Iэуэлъауэншэщ ар, адрей Iуфэм нэр нэплъыс къудейщ. НэуфIыцIщхьэрыуэу бийм къиутIыпщ топышэхэм зэзэмызэ псыр къыдракIей... Езыхэм ялъэкI къамыгъанэу хьэнцэхэмкIэ псыр щIатхъу. Нэхъ здекIуэлIэфыну щIыпIэр къыхихыну тегъэхуэпауэ япэкIэ здэплъэм, Тамбийм игу къокIыж генералым къыжриIахэр, куэдкIэ къазэрыщыгугъыр къызыхэIукI и макъ щабэри и тхьэкIумэм къиIуэ зэпытщ. БгъуфIэщ, абрагъуэщ Днепр. Кавказым щежэх къуршыпс уэр цIыкIухэм яхуэдэкъым. «Балъкъыпс хэт емыфэнрэт, - зэуэ игу къокI Владимир. - Къысхуихуэжыну пIэрэ абы щыщ зы псы щIыIэ Iубыгъуэ исфыжыну?».
Зи Хэкур зигу къэкIыжа адыгэ щIалэм и сабиигъуэри и нэгу къыщIоувэж. Мес, шы гуартэхэр, Iэщ хъушэхэр щызэкIэщIэпхъа Дзэлыкъуэ хъупIэм и Iуащхьэ зэщIэгъэгъахэр. Езыр и анэ дэлъхум и шым тесу джабэ лъапэм ирожэ. Дамэ къытекIам хуэдэу, къуакIэбгыкIэхэр къызэренэкI, шууей ныбжьыщIэр кIэлъожэ, «кIэлъолъатэ» зы гухэхъуэ гуэрым. Уафэмрэ щIылъэмрэ щызэлъэIэсым щыIэ и насыпым.
Ар щисабиигъуэрт. Иджы и щIалэгъуэ дахэу ар шыгъажэм хэтт. Iуащхьэр зэ хъурейуэ къажыхьауэ шу гупышхуэ шыгъэжапIэм тету ипщэкIэ зэрохь. Псоми я щIалэгъуэщ, псоми я лъы къэплъыгъуэщ. Зэрохь, къытежам къуажэм нэхъ пщащэ дахэу дэс Нафисэт гуэлмэдыныр зэрыритынур ящIэу. Нобэ Володя щыгъуазэщ и насыпыр здэщыIэм. Зыгуэрхэр абы къытежыну хэтщ. Иджыри къэс шхуэмылакIэр кIэщIу иIыгъамэ, ар егъэлалэ. Хуит хъуа пцIэгъуэплъым зеукъуэдий, и ныкъуэкъуэгъухэр жыжьэу къызэренэкIри, Iуащхьэм япэ нос...
Владимир автоматыр ирегъэкIуэтэкIри, и гуфIакIэмкIэ мэIэбэ. ИкIи шыгъажэм щытекIуэу Нафисэт къритыгъа гуэлмэдыным йоIусэ. Абы къыфIощI фIыуэ илъагъу хъыджэбзым Iуплъауэ.
Тамбийр щыгъуазэщ Къэбэрдей-Балъкъэрым фашистхэр зэрыщыIам, дэнэ щIыпIи хуэдэу, цIыху куэд зэрыщаукIам икIи и гур къыхоузыкI. «Дауэ фыхъуа си Iыхьлыхэр? Дауэ ухъуа, Нафисэт?» - жеIэри, автоматыр екъуз.
- Зыгуэр жыпIа, ныбжьэгъу командир? - къоупщI зауэлI Конев Тимофей.
- Адэжь щIыналъэр сигу къэкIыжащ.
ТIасхъэщIэххэр Днепр и адрыщI ныджэм Iуохьэ. ИтIанэ псым драгъэзых, къуацэ-чыцэ гуэрэнхэр къыщыкI щIыпIэ къалъыхъуэу. Абыхэм псынщIэу кхъуафэжьейхэр ныджэм дралъэфей, пабжьэм хагъапщкIуэ.
«Иджы Iуэхум щIыдодзэ», - щыжаIэм, зэуэ умэзэхахэщ, нэмыцэ псалъэмакъ къызэхахри. Асыхьэтым кIыфIым къыхалъагъукI псы Iуфэм бий зауэлIищ къызэрекIуэлIар. Зыгуэрхэр нэщхъыфIэу зэжраIэурэ, абыхэм загъэщхъауэ псым хъы къыхахыжырт. Тамбийм и гупым ахэр макъыншэу яукI икIи замыIэжьэу я япэ къалэным, бийм и Iэщэхэр здэщыт щIыпIэхэр къэхутэным, щIадзэ.
Нэху здэщым полкым и унафэщIым хъыбар ирагъащIэ.
- Псы Iуфэм зыщывгъэбыди, - жеIэ абы, - сыхьэт зыбжанэкIэ зыфIыгъ.
- ТлъэкI къэдгъэнэнкъым.
Куэд дэмыкIыу ди топхэм къэуэн ирагъажьэ, бийм лъапсэрыхыр къыхуагъакIуэу. Адрейхэми Днепр къызэпрыкIын щIадзэ. Тамбийм и гупри щыскъым, псым къытехьа совет зауэлIхэр пулемётышэкIэ щIэзыхъумэну хэт бийхэм я щIыбым дыхьэурэ зэтраукIэ. Зэ зы щIыпIэм, зэ адрейм къыщыхутэурэ, фашистхэр ягъэгужьей икIи куэд щтапIэ ихьэжынхэу зэро-хьэжьэ. Арат тIасхъэщIэххэри зыхуейр: нэмыцэм къагъэна щIытIыр яубыд, езыхэм шэр къемэщIэкI хъуати, щIэпхъуэжахэм къагъэна пулемётхэмкIэ уэныр яублэ.
Куэд дэмыкIыу фашистхэм къагуроIуэ псы Iуфэм къыщитIысыкIахэр зэрымащIэр. Iуэхур ягъэзэкIуэжын папщIэ Тамбийм и гуп цIыкIур къаухъуреихь...
«Бий икIуэтам къебгъэрыкIуэжын щIидза нэужь, Тамбий Владимир, зауэлI ахъырзэман зыбжанэ фIэкIа щIымыгъуу, куэдкIэ езыхэм нэхърэ нэхъыбэ нэмыцэхэм къэмылэнджэжу яфIиIыгъащ яубыда щIы кIапэр...
Бийм къаруущIэ къришэлIауэ хэнейрэ къебгъэрыкIуащ, ауэ сержант Тамбиймрэ абы и гъусахэмрэ фашистхэр ирахужьэжурэ къыздикIам нэс яхужырт, езыхэм яубыда зэуапIэри зыIэщIагъэкIакъым», - апхуэдэу итт Москва ягъэхьа тхылъым.
Ди тIасхъэщIэх хахуэхэр толъкъуныр зыпэмылъэщ къыр быдэу бийм пэщIэтащ. Фашист куэди Iисраф ящIащ. Ауэ езыхэми ящыщу тIу къаукIат, Тамбийр уIэгъэ ящIат. Лъыр зэрыщIэкIыр, къарууншэ зэрыхъур зыхищIэрт, итIани абы пулемётыр игъэлъалъэ зэпытт. «Фэ фщIыжа Iэщэщ, бзаджэнаджэхэ, фызыукIыжыр... ФыкъакIуэ, фи ажалым фыкъыхуеблагъэ!» - арат Владимир бийм жриIэну игъуэтыр.
Арыххэу «Ура!» лъэщым псы IуфэмкIэ зыкъыщеIэт. Дыдейхэр къэсат...
155-нэ фочауэ дивизэм и зауэлIхэм Днепропетровск яубыдыж. А махуэ дыдэм уIэгъэ хьэлъэ мэхъу Тамбий Владимир.
Дохутыр Iэзэхэм абы и гъащIэр хуахъумащ, ауэ и зы лъакъуэр памыхыу хъуакъым.
1944 гъэм мазаем и 22-м Тамбий Владимир Георгий и къуэм къыфIащ Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэ лъапIэр.
Зауэ нэужьым ар щопсэу Армавир. «Сыныкъуэдыкъуэщ» жиIэу ар тIысыжакъым, хузэфIэкI ищIэу цIыхухэм яхэтт, абыхэми фIыуэ къалъагъурт.
1981 гъэм Тамбийр дунейм ехыжащ. Ауэ ноби абы и фIыщIэр кIуэдакъым, и гъащIэ дахэр, и лIыхъужьыгъэр ныбжьыщIищэхэм щапхъэу къахуэнащ.
ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "685.txt"
} |
ПщIэншэ хъуакъым
Профессор Джатэгъэжь Владимир, къэрал лэжьакIуэ Нэхущ Заурбий, Тхьэзэплъ Хьэсэн сымэ.
60 гъэхэм лъандэрэ Хьэсэнрэ сэрэ дызэроцIыху. КъБКъУ-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и факультетым щеджэми, ар филологхэм ди хамэтэкъым. И усэщIэхэр редакцэм ихьу къытригъэдзэн и пэ дыкъригъаджэрт.
Гъуазджэмрэ литературэмрэ пэжыжьэ IэщIагъэм хуеджэ щIалэр усэ тхыным зэрыди хьэхар ди гуапэт. Псом хуэмыдэу сэ ар нэхъ спэгъунэгъут, курыт школ нэужьым мэкъумэш хозяйствэмкIэ факультетым сыщIэтIысхьати. Зы илъэскIэ а къудамэм сыщеджауэ си тхылъхэр къыщIэсхыжащ, экзаменхэр стыри, филологие факультетым и студент сыхъуащ. Хьэсэн сэ нэхърэ нэхъ жыжьаплъэу къыщIэкIами, а Iуэхугъуэм нэхъ зэпэгъунэгъу дищIат. Абы къыхиха унэтIыныгъэр имыхъуэжу инженер-механик IэщIагъэр зригъэгъуэтащ. КъищынэмыщIауэ, Горький Максим и цIэр зезыхьэ Литинститутым щIэтIысхьэжри, щытхъукIэ къиухащ.
Хьэсэн и усэ тхылъым теухуауэ мыр сигу къинэжащ. Черкесск къалэм и лицей №5-м и унафэщIым и къуэдзэ, юридическэ щIэныгъэхэм я кандидат Астаховэ Татьянэ къыбгъэдэкI письмо «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм къэкIуат. Абы итт гъэ еджэгъуэр и кIэм нэблэгъауэ, экзамен тыгъуэу, зэпеуэхэм я чэзууэ, и гъэсэнхэр еджапIэ нэхъыщхьэм зэрыщIэтIысхьэным хуигъэхьэзыру, щIэныгъэ лэжьыгъэми хэту Тхьэзэплъ Хьэсэн диным теухуа и усэ тхылъыр бзылъхугъэм къызэрыIэрыхьар. А псом и унагъуэ Iуэхухэри къыхыхьэжат: пхъурылъху къыхуалъхуат, и къуэм и хьэгъуэлIыгъуэм зыхуагъэхьэзырырт, и адэ-анэр сымаджэ хьэлъэт. КIэщIу жыпIэмэ, а лъэхъэнэм цIыхубзым куэд хузэтрихьат. Тхылъыр къыIэрыхьэри, махуэ бжыгъэ фIэкI дэмыкIауэ, Татьянэ и адэр дунейм ехыжащ. Астаховэм и тхыгъэм Тхьэзэплъым фIыщIэ ин къыщыхуищIырт нэху, Iущыгъэ, цIыхугъэ зыхэлъ и усэхэм а махуэ хьэлъэхэр, и гуауэр къызэрыдагъэпсынщIам, къару къызэрыхалъхьам папщIэ.
Апхуэдэу гуапэу бзылъхугъэр къыпэджэжат Хьэсэн и усэхэм. Псэм зегъэузэщIыным, диным теухуа апхуэдэ нэгъуэщI усэхэр иIэмэ иджыри хуигъэхьыну Татьянэ щылъаIуэм, «Горянка» газетым къытрыригъэдзат Хьэсэн и усэ гуп. УсакIуэм къыфIэмыIуэхункIэ Iэмал иIэкъым и псалъэр цIыхухэм гунэс зэращыхъур. КъызэрысфIэщIымкIэ, псалъэр зи Iэщэ дэтхэнэми жаIэм и мыхьэнэмрэ цIыхухэм ар зэрызыхащIэмрэ гулъытэ хуащIын хуейщ.
Апхуэдэу щыхъукIэ, зы тхылъеджэм нэхъ мыхъуми и гум удыхьэфамэ, ар дахагъэм, гуапагъэм хуэбгъэушыфамэ, е зыхэт гузэвэгъуэм къыхэпшыфамэ, и усэхэм тригъэкIуэда зэманыр пщIэншэ хъуакъым. А къалэным Хьэсэн хуэIэкIуэлъакIуэщ.
ГЪУТ Iэдэм,
филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор.
Зи къару емыблэжа
Ар зыхужаIэ цIыхухэм ящыщщ Тхьэзэплъ Хьэсэн, а цIэр абы къилэжьащ и гуащIэдэкIрэ дуней тетыкIэкIэ.
И гуащIэдэкIым и гугъу пщIымэ, Хьэсэн и къалэмыпэм къыщIэкIащ тхыгъэ зэмылIэужьыгъуэ куэд. Лейуэ утемыпсэлъыхьыжми, нэрылъагъущ а тхыгъэхэр зэрыкупщIафIэр, зэрыщIэщыгъуэр, зэрышэрыуэр - абы шэч къытезыхьэ урихьэлIэнукъым. Нобэрей ди литературэм хуэфащэ увыпIэ щаубыдащ абыхэм. Щаубыдащ я купщIэкIэ, я гъэпсыкIэкIэ, я фащэкIэ. Хьэсэн и усыгъэхэр гупсысэ куукIэ гъэнщIащ, дапщэщи гукъинэщ, ущытезаши къэхъуркъым - ари шэчыншэщ. Апхуэдэ защIэщ, псалъэм папщIэ, Тхьэзэплъым и усэ кIэщIхэр. Абыхэм я нэхъыбапIэр сатыр плIырыплIщ зэрыхъур. КъуэкIыпIэмкIэ щызэфIэувауэ, лIэщIыгъуэ зыбгъупщIым нос апхуэдэ усыгъэхэм - рубаикIэ зэджэхэм - я ныбжьыр. Хьэсэн и фIыгъэкIэ ди литературэми щызэфIэуващ а жанр хьэлэмэтыр - абы щхьэкIэ пщIэ лей хуэфащэщ ди усакIуэ гуащIафIэм.
И лэжьыгъэм и гугъу пщIымэ, мыхьэнэшхуэ зиIэ IэнатIэ бгъэдэтщ Тхьэзэплъ Хьэсэн - «Литературная Кабардино-Балкария» журналым и редактор нэхъыщхьэщ. Гу лъумытэнкIэ Iэмал зимыIэщи, а IэнатIэр дзыхь къызэрыхуащI лъандэрэ куэдкIэ ефIэкIуащ журналыр. Абы щIэх-щIэхыурэ къытохуэ ди лъэпкъ литературэхэм я фIыпIэр, урысыбзэкIэ зэдзэкIауэ. Хьэсэн фIыуэ щыгъуазэщ цIыхухэм я пащхьэ иплъхьэнкIэ нэхъ зыхуэфащэ тхыгъэхэм, зэи теплъэкъукIыркъым ди тхакIуэхэм, усакIуэхэм я гуащIэдэкIым, и нэIэм щIэт зэпытщ ар - апхуэдэ къалэнщ журналым и тхьэмадэм и пщэ къыдэхуэр. А къалэныр дапщэщи къохъулIэ Тхьэзэплъым. КъохъулIэ, гулъытэ иIэщ, набдзэгубдзаплъэщи.
Хьэсэн гу къабзэ, псэ къабзэ зиIэ цIыху гуапэщ - апхуэдэущ ар псоми зэрацIыхур. Зыгуэр къыщыхуэныкъуэм деж, езым и щхьэ Iуэхур зригъэтIылъэкIынурэ, къыхуэныкъуэм зыщIигъэкъуэнущ, арэзы имыщIауэ етIысэхынукъым, и гур зэгъэнукъым, и псэр тыншынукъым - ар псоми яхузэфIэкIыркъым. Хьэсэн хузэфIокI, и къару еблэжыркъым.
Зы гъэ, Хьэсэн и жэрдэмкIэ, ТхакIуэхэм я союзым хагъэхьауэ щытащ щIалэгъуалэ гупышхуэ. Зыбжанэ щIат абыхэм апхуэдэ гулъытэ зэрахуэфащэрэ, мыгурыIуэгъуэр зыт: хэт, сыт абыхэм лъакъуэпэщIэдз къахуэзыщIыр? Ар зэхигъэкIыху, етIысэхакъым Хьэсэн: Михалков Сергей деж кIуэри, зи ужь ихьар абы гуригъэIуащ, Союзым хэзыгъэхьэ комиссэр Москва къришри, тхакIуэ, усакIуэ пщыкIутхум нэблагъэ ТхакIуэхэм я союзым Налшык щыхагъэхьащ. Гудзакъэрэ гулъытэрэ зиIэ цIыхущ ар зыхузэфIэкIынур. Апхуэдэщ Тхьэзэплъ Хьэсэн.
КЪЭРМОКЪУЭ Хьэмид.
Усыгъэхэр
Тхьэзэплъхэ я лъэпкъ уэрэд
Ди лъэпкъ дахащэу
ди Тхьэзэплъ лъэпкъыр,
Нобэ гуфIэжу дэни щопсэу.
Пелуан пэлъытэщ, жанщ и Iэпкълъэпкъыр,
Тхьэр къыткIэлъыплъу дыздегъэпсэу.
Ежьу:
Маржэ, ди щIэблэ,
Лъэпкъыр вгъэбыдэ,
Фи лъэр щIэлъэту
ГъащIэр ефхьэкI!
Жьэгу зэхэублэу
Тхыдэр вгъэкIуатэ,
Iуэху фыпэщIэту
ГъащIэм фекIуэкI.
Ди сабий IэфIхэу, ди сабий тхуэфIхэр,
ГъащIэм дефIакIуэу батэр ягъэш.
Ди хабзэзехьэу, ди нэхъыжьыфIхэр,
Къуэш къахуэхъунум яхуохъур къуэш.
Ежьу
Уей, жыIэ, нобэ ди лъэпкъ гъуэгушхуэм,
Ди лIы Iэужьыр жыжьэ тхухэш!
ЩIэблэ къытщIэхъуэр
гъащIэм тегушхуэм,
Хъункъэ ди IэфIыр Iыхьэ мыгуэш.
Ежьу
Адыгэ лъэпкъ
Мо Тхьэмадэ бжьыфIэу
Къытехьар гъуэгущхьэм,
Сыту лIыжь зэкIужу
Уэсу зэщIэтхъуа!
Ей, Адыгэ Дадэ!
Махуэ тхухъу уи жьыщхьэр,
Уэ пхуэфэщэжыну
ЩIэблэ къытщIэхъуащ.
Мо, гуфIэжу, Дадэ къыбгъурыт
ЩIалэшхуэр,
Плъагъуркъэ зэрыуардэр, -
Дыгъэр и щхьэщыгущ.
Ар Адыгэ щIалэщ -
Аращ зэрыгушхуэр!
Адыгэ щIыналъэр
Абы и лъэпкъ щIыгущ.
Мо, гуфIэжу, Нанэ
КъыдэкIар куэбжэпэм,
Нурыр къыщхьэщихыу,
Сыту цIыху зэкIуж!
Ар Адыгэ Нанэщ,
Ди IэфIагъ къежьапIэщ,
Псэм и гугъуехь щэхухэр
Щэхуу зыгъэхъужщ.
А хъыджэбз щэныфIэу
Нанэ къыбгъурытыр
Сыту пщащэ дахэ,
Сыту Iэпкълъэпкъ екIу!
Ар Адыгэ пщащэщ,
Хьэл зэпIэзэрыту,
Дыгъэ бын къыдохъури,
Нэмысышхуэм хуепI.
Мо пщIантIэшхуэ дахэм
Сабийуэ щызэблэжыр
Дадэ и цIыкIущхьэщ,
Нанэ и сурэтщ.
Адыгэ лIэужьым
ЩIэуэ къыщIэблэжыр,
Тхыдэ гъуэгу мытыншыр
Напэ зиIэу зыкIущ.
КIуэкIуэ Валерийрэ Тхьэзэплъ Хьэсэнрэ.
Ингуш усакIуэ Чахкиев Саид, Тхьэзэплъ Хьэсэн, ингуш усакIуэ Аушев СулътIан, ингуш сэлэт (и цIэр тщIэркъым), балъкъэр усакIуэ Додуев Аскэр. Магас къалэ
Тхьэзэплъ Хьэсэнрэ Армавир дэт лингвистикэ университетым и ректору щыта Сакий Риммэрэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "686.txt"
} |
Ещанэ зэхыхьэм и гуащIэгъуэщ
«Мэшыкъуэ-2019»
Псыхуабэ щекIуэкI щIалэгъуалэ зэхыхьэм и ещанэ Iыхьэм мы махуэхэм лэжьэн щIидзащ.
Иджырей зэхыхьэм ирагъэблэгъащ студент жыджэрхэр, проект гъэщIэгъуэнхэр зиIэхэр, журналистхэр, блогерхэр. «Урысейр - зэфIэкIым и лъахэщ», «Социальнэ хьэрычэт Iуэху», «Студент клубхэм я лъэпкъ лигэ», «Медиа», «Волонтёрхэмрэ НКО-мрэ», «Урысыбзэм и лIыкIуэхэр», «Профсоюзхэр» унэтIыныгъэхэмкIэ лэжьэнущ ар. Абы къыщыхахынущ «Послы русского языка в мире» дунейпсо волонтёр программэм хагъэхьэнухэр. КъищынэмыщIауэ, щытепсэлъыхьынущ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм зэрызрагъэужьыну Iэмалхэм, икIи ныбжьыщIэхэм я проектхэр утыку къыщрахьэнущ. Зи Iуэху бгъэдыхьэкIэр пхыкI цIыху щхьэхуэм сом мелуаным нэблагъэ, мылъку къегъэщIыным пымыщIа IуэхущIапIэм и лIыкIуэм сом мелуанитIрэ ныкъуэм нэс къратыну хуагъэлъэгъуащ.
Хабзэ зэрыхъуауэ, зэхуэсым кърихьэлIа ныбжьыщIэхэр КИФЩI-м щыпсэу лъэпкъхэм я хабзэм, щэнхабзэм нэIуасэ хуащIынущ.
Мэшыкъуэ и ещанэ зэхыхьэр къыщызэIуахым хэтащ Ставрополь щIыналъэм и правительствэм и унафэщIым и къуэдзэ Кувалдинэ Иринэ, «Россия - страна возможностей» IуэхущIапIэм и унафэщI Сериков Антон.
- ЕхъулIэныгъэ фиIэну си гуапэщ. Мэшыкъуэ щывгъакIуэ махуэхэр къыфхуэщхьэпэну, мыбы къыщыфщIэ псори фи мурадхэр гъащIэм хэпщэнымкIэ сэбэп къыфхуэхъуну сыщогугъ. Фи проектыщIэхэмрэ ехъулIэныгъэхэмрэ сыт щыгъуи дожьэ, - захуигъэзащ Кувалдинэм ныбжьыщIэхэм.
- Уи зэфIэкIхэм Урысейм зыщумыгъэужьыфыну къызыщыхъухэм, ар зэрыпцIыр къывгурыIуэху фылэжьэн хуейщ. Кавказ Ищхъэрэм цIыху гъэщIэгъуэнхэр, акъылыфIэхэр, зэфIэкI лъагэхэр зиIэ куэд зэрыщыпсэур псоми къедвгъэгъащIэ, - къыпищащ Сериковым.
Ещанэ зэхыхьэм хэтхэр япэ махуэм яIущIащ Къэрал Думэм и унафэщIым и къуэдзэ, ОНФ-м и Штаб Нэхъыщхьэм хэт Тимофеевэ Ольгэ. Къэралым и общественно-политикэ гъащIэм щIалэгъуалэм щаубыд увыпIэм техуа псалъэмакъыр сыхьэтитIым нэблагъэкIэ екIуэкIащ.
ЗэIущIэм и пэщIэдзэм Тимофеевэм къызэхуэсахэм яжриIэжащ общественнэ политикэ гъащIэм зэрыхыхьам, ар зрихьэлIа гугъуехьхэмрэ къигъуэта хэкIыпIэхэмрэ. Абы щытепсэлъыхьащ мы гъэм къащта федеральнэ унафэхэм яхэлъ щхьэхуэныгъэхэм. НыбжьыщIэхэм яфIэгъэщIэгъуэнт къэралым и социальнэ политикэ гъащIэм зэрыхыхьэнум, хьэрычэт Iуэхум зэрызрагъэужьыну Iэмалхэм. Апхуэдэуи щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ я гугъу ящIащ къэралым и хъыбарегъащIэ дунейр егъэфIэкIуэным, щIыуэпсым и щытыкIэр нэхъыфI щIыным, бгылъэ щIыпIэхэм зегъэужьыным, зи Iэпкълъэпкъым сэкъат иIэхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным, нэгъуэщIхэми.
Къэрал Думэм и лIыкIуэм жиIащ зи гугъу ящIа псоми гулъытэ хэха зэрахуищIынур, езы ныбжьыщIэхэми елъэIуащ къэралым щекIуэкI гъащIэм нэхъ жыджэру хэтыну.
- Дэ нэхърэ куэдкIэ нэхъ губзыгъэщ къыдэкIуэтей щIэблэр, абы къыхэкIыу фи зэфIэкIхэри нэхъыбэщ. Фэращ къуэрылъху-пхъурылъхухэм я дунейр зэлъытар, ахэр зыщыпсэуну къэралыр зыухуэнур. Дэ ди лъэныкъуэкIэ фи зыужьыныгъэм тхузэфIэкI хыдолъхьэ. Хуабжьу сыщогугъ унэм фекIуэлIэжа иужькIи а гупсысэм фи лъэр псынщIэ дэхъуну, - жиIащ Тимофеевэм зэIущIэм и кIэухым.
Пушкин Александр и цIэр зезыхьэ къэрал институтым и жэрдэмкIэ къызэрагъэпэща «Послы русского языка в мире» дунейпсо программэм хэтынухэр «Мэшыкъуэ-2019»-м къыщыхах. Абы и къалэн нэхъыщхьэр ди къэралымрэ хамэ щIыпIэхэмрэ урысыбзэм и пщIэр щыIэтынырщ, ар егъэфIэкIуэнырщ.
«Дуней псом Урысейр фIыуэ едгъэлъагъуныр ди къалэн пэрытщ», - жаIэ а программэм хэтхэм зыжьэу. А Iуэхур зэрырагъажьэрэ студент щитIым хуэдиз урысыбзэм и лIыкIуэ хъуащ.
А программэм и фIыгъэкIэ студентхэмрэ аспирантхэмрэ хамэ къэралхэм стажировкэ щащIыну IэмалыфI яIэщ. Апхуэдэ зекIуэ ирагъэжьэнухэр Пушкиным и цIэр зезыхьэ институтым и IэщIагъэлIхэр я унафэщIу хэплъыхьауэ къыхах. «Мэшыкъуэ-2019»-ми абыхэм ящыщ гуп къеблэгъащ.
- Кавказ Ищхъэрэм мыр япэу щедгъэкIуэкI Iуэхугъуэщ. Мыбы ныбжьыщIэ гъэщIэгъуэнхэр, гупсысэ къызэрымыкIуэ, щIэщыгъуэ зиIэхэм дащрихьэлIащ, абыхэм яхуэтщI пщэрылъхэм творческэ бгъэдыхьэкIэ хьэлэмэтхэр къыхуагъуэт,- жиIащ гупым я методист Кудояровэ Татьянэ.
- Мы махуэкIэ ди программэм КИФЩI-м щыщу мащIэ дыдэщ хэтыр, абы къыхэкIыу, дэ дыщогугъ щIалэгъуалэ зэхыхьэм я нэхъ иным, нэхъыфIу къалъытэм урысыбзэм и лIыкIуэ хъуфын къыщыдгъуэтыну,- жиIащ урысыбзэм и лIыкIуэ, хэхакIуэ гупым я модератор Есаян Давид.
Мэшыкъуэ щекIуэкIа зэхыхьэм ирагъэблэгъат «РосЭко» проектым и лэжьыгъэр зэзыгъэуIу Антонов Михаил, «Зелёный дозор» экологие гупым и унафэщI, КъБР-м и ЩIалэгъуалэ правительствэм щIыуэпсыр хъумэнымрэ экологиемкIэ и министр Шыбзыхъуэ Аскэр, Инвестицэ проектхэмкIэ департаментым и унафэщI Абисалов Сослъэн сымэ. Абыхэм ирагъэкIуэкIа псалъэмакъыр экологие унэтIыныгъэм нэхъ ехьэлIат, икIи туристхэм щIыуэпсым къыщагъанэ лъэужьым, ди щIыпIэм щыпсэухэм яIэ экологие гъэсэныгъэм кIэщIу къытеувыIащ.
- ЩIыуэпсыр хъумэным, ар егъэфIэкIуэным и волонтёрхэр а IэнатIэм мыIейуэ хуэлажьэ гупщ. Апхуэдэ гуп къызэбгъэпэщын папщIэ фи Iуэхум гу къылъатэу абы къыхыхьэну хущIэкъун хуэдэу ябгъэлъхьапхъэщ, - жиIащ Шыбзыхъуэ Аскэр. Абы къыхигъэщащ Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэр къагъэсэбэпурэ а Iуэхум щIалэгъуалэ нэхъыбэ къыхашэну зэрыщыгугъыр.
ХьэщIэхэм яфIэгъэщIэгъуэнт щIыуэпсым ехьэлIауэ щIалэгъуалэм ягъэхьэзыра проектхэр, ахэр гъащIэм къызэрыщысэбэпынумрэ щIэщыгъуагъыу хэлъымрэ. НыбжьыщIэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, ахэр зыIууэ гугъуехьхэм ящыщщ щIыналъэхэм щыпсэу цIыхухэм я къабзагъэр яхъумэну зэрыхуэмейр.
А Iуэхум и хэкIыпIэри нэгъуэщI къахуэщхьэпэн куэди къыщащIэну Шыбзыхъуэ Аскэр ныбжьыщIэхэр иригъэблэгъащ щIыуэпсым и волонтёрхэм я зэхыхьэу мы гъэм екIуэкIынум.
Абисалов Сослъэн и къэпсэлъэныгъэм хэту ныбжыщIэхэр къыхуриджащ мэкъумэш хозяйствэмрэ туризмэмрэ ехьэлIа проектхэр ягъэхьэзырыну. Форумым къекIуэлIахэм яхэтт езым я предприятэ къызэIузыхыну яужь итхэри. Абисаловыр абыхэм едэIуа иужькIэ жиIащ а Iуэхур КИФЩI-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм къыщиIэтыну.
Антонов Михаил а зэIущIэм ипкъ иткIэ «Сделаем» Iуэхум хэтыну хьэзыр щIалэгъуалэ жыджэрхэр къыхихащ. Ар ди къэралым и хэгъэгу куэдым нэхъ ипэкIэ щрагъэжьауэ щолажьэ.
ЗэIущIэм и кIэухым абы хэтхэр «Къабзэр зэлъыIуахракъым, ямыуцIэпIырщ» гупсысэм хуэкIуауэ зэбгрыкIыжащ.
Щомахуэ Залинэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "687.txt"
} |
Хамэ щIыпIэхэм къыщылыда ди вагъуэхэр (Топджэгум цIэрыIуэ ищIа адыгэ щIалэхэр. Ещанэ Iыхьэ)
НэгъуэщI къэрал гъуэгу пхызыша Биджий Хьэсэнбий
Налшык и «Спартак»-м и гъуащхьэтету 1983 гъэм джэгун иригъэжьащ икIи зэIущIэ 52-м абы и гъуэр ихъумащ. ИлъэситI дэкIри, дзэм къулыкъу щищIэну здраджа Дон Iус Ростов и СКА-м хагъэхьащ.
КъыкIэлъыкIуэу Мэзкуу и «Локомотив»-м 1989 гъэм ирагъэблэгъащ икIи 1998 гъэ пщIондэ абы хэту зэIущIэ 50 иригъэкIуэкIащ. СССР-м и кубокым и финалым 1990 гъэм щыджэгуащ. Урысей Федерацэм и чемпионатым и дыжьын (1995, 1998), жэз (1994) медалхэр къихьащ.
Ди щIалэхэм ящыщу (и анэр адыгэщ и адэр къэрэшейщ) япэу хамэ къэрал футбол командэм джэгун щригъэжьащ. Петах-Тихвирэ Тель-Авиврэ (Израиль) я «Хапоэль» командэхэм я гъуэр ихъумащ. Европэм и кубокхэр къэхьыным ехьэлIа зэпеуэхэм хэту зэIущIи 9 иригъэкIуэкIащ.
ИужькIэ гъэсэныгъэ IэнатIэм пэрыуващ. Мэзкуу и «Локомотив»-м, Пермь и «Амкар»-м, нэгъуэщI командэхэми къулыкъу зэмылIэужьыгъуэхэр щрихьэкIащ. ИтIанэ «Спартак-Налшыкым» къигъэзэжри, абы и тренер нэхъыщхьэу 2018 гъэ пщIондэ лэжьащ. А илъэс дыдэм Курск и «Авангард»-м ирагъэблагъэри, а командэр, зэи къэмыхъуауэ, Урысей Федерацэм футболымкIэ и кубокым и финалым нигъэсащ. А зэIущIэм ди лъахэгъу Мырзэ Резуан къащыхудигъэкIа топым саугъэт лъапIэр ар зыхэта Ленинград областым къикIа «Тосно»-м Iэригъэхьащ.
2002, 2004 гъэхэм «Локомотив»-р къэралым и чемпион зэрыхъуам къыхэкIыу абы и унафэщIхэм яхэту дыщэ медалхэр къыхуагъэфэщащ.
Командищым хэту дыщэ медалу плIы къэзыхьа гъуащхьэтет Хьэпэ Заур
Гъуащхьэтет цIэрыIуэ Хьэпэ Заур фIэкIа Къэбэрдей-Балъкъэрым нэгъуэщI зы футболисти къихъуакъым командэ зэмылIэужьыгъуищым яхэту къэралитIым плIэнейрэ я чемпион хъуауэ.
Iэпщэ Александр и цIэр зезыхьэ футбол школ хэхам и гъэсэн Хьэпэ Заур япэ дыдэу Налшык и «Спартак»-м щыджэгун щыщIидзам и ныбжьыр иджыри илъэс пщыкIуий хъуатэкъым: 1981 гъэм Ставрополь «Динамо»-м щыIущIэну кIуауэ ди командэм и гъуащхьэтет Кокорин Николай сымаджэ хъуащ икIи икIэщIыпIэкIэ ар хъуэжын хуейти, Хьэпэ Заур гъуэм дагъэуващ.
Джэгум щIидзэри дакъикъибл дэкIауэ арат Заур топ къыщыхудагъэкIам. ЩIадзапIэр узэмыхъуэпсэнт. АрщхьэкIэ гъуащхьэтет щIалэщIэм къыдэджэгу нэхъыжьыIуэхэу Бэч Русланрэ Наурыз Басиррэ къыбгъэдыхьэри, къыжраIащ къэхъуаишхуэ зэрыщымыIэр икIи, адэкIэ нэхъ тегушхуауэ гъуэм дэтмэ, псори тэмэм зэрыхъунур. Апхуэдэуи къыщIэкIащ - джэгур зэрытемыгъэкIуауэ, 2:2-уэ, иухащ, Заури тренерхэм я щытхъу къилэжьащ.
Дзэм ираджэхукIэ Хьэпэр Налшык и «Спартак»-м и гъуащхьэтету щытащ. И чэзур къыщысым армэм дашри, Дон Iус Ростов и СКА-м хагъэхьащ. ИужькIэ къигъэзэжри, Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр ихъумащ.
Зи зэфIэкIыр лъагэ адыгэ щIэлэщIэр 1986 гъэм Мэзкуу и «Спартак»-м ирагъэблэгъащ. КъыкIэлъыкIуэу Ярославль и «Шинник»-м хэтащ. 1989-1990 гъэхэм Тбилиси и «Динамо»-м и гъуэм дэтащ икIи Куржым и чемпионатым и дыщэ медалхэр къихьащ.
Хьэпэ Заур и вагъуэр нуру щыблар Владикавказ и «Спартак-Алания»-м щыджэгуа 1991-1999 гъэхэращ. Ди гъунэгъухэм яхэту 1995 гъэм ар Урысей Федерацэм и чемпион хъуащ, 1992, 1996 гъэхэм дыжьын медалхэр зыIэригъэхьащ. Ар щыщ хъуащ къэралым и гъуащхьэтет нэхъыфIхэм икIи Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам 1994 гъэм хагъэхьащ.
2000 гъэхэм и пэщIэдзэм Хьэпэ Заур Мэзкуу Iэпхъуащ. Ар ирагъэблэгъащ абы и «Локомотив»-м щыджэгуну икIи илъэс зыбжанэкIэ зыхэта командэ цIэрыIуэм аргуэру тIэунейрэ къэралым и чемпион щыхъуащ, Урысей Федерацэм и кубокыр къихьащ.
Урысейм и командэ къыхэхам щригъэкIуэкIа зэIущIи 4-м къищынэмыщIауэ Хьэпэр Чемпионхэм я лигэм, УЕФА-м и Кубокым щIэбэнащ. Абыхэм Европэм и командэ лъэщхэм ехъулIэныгъэкIэ щапэщIэтащ. Ди къэралым и футболист нэхъыфI 33-м Заур щэнейрэ хабжащ.
Топ джэгуныр иуха иужькIэ «Локомотив»-м и тренер хъуащ, Пермь и «Амкар»-м, Мэхъэчкъалэ и «Анжи»-м, «Спартак-Налшыкым» я гъуащхьэтетхэр игъэсащ.
Хьэпэ Заур и сабиигъуэм щыщ Iыхьэ гуэрхэр ди редакцэм щигъэкIуащ. Абы и анэ ТIэш (Хьэпэ) Анинкэ (и ахърэтыр нэху Тхьэм ищI!) адыгэ газетым и корректору илъэс куэдкIэ лэжьащ икIи къызыхуигъэнэн щыщымыIэм и деж и къуэ цIыкIур «здигъэIэпыкъуну» къыщыздишэ щыIэт.
Адыгэм и щIыхьыр ди къэралым, дунейм и щIыпIэ куэдым Хьэпэ Заур щиIэтащ. Иужь илъэс пщыкIутIым ар Мэзкуу и «Локомотив»-м и гъуащхьэтетхэм я тренерщ. А командэ цIэрыIуэм хэту нэгъабэ ещанэу Урысей Федерацэм и чемпион хъуащ. Дохъуэхъу иджыри илъэс куэдкIэ и цIэр фIыкIэ къраIуэу утыку итыну, и щхьэгъусэ Терезэ узыншэу къыкъуэту я бынхэу Лаурэрэ Артуррэ я насып ялъагъуну.
Новороссийск щыцIэрыIуэ ДыщэкI Хьэзрэт
ДыщэкI Хьэзрэт и цIэр дыщэпскIэ иратхащ зи зэфIэкI инымкIэ и пщIэр лъагэу иIэта Новороссийск и «Черноморец»-м и тхыдэм - абы нэхърэ нэхъыбэрэ хуэджэгуарэ топ нэхъыбэ я хьэрхурэгъухэм яхудэзыгъэкIарэ а командэм зэи яхэтакъым.
Я «Цемент»-р къэзыцIыху щIагъуэ щымыIэу етIуанэ дивизионым зэрыхэт лъандэрэ ДыщэкIыр Новороссийск щоджэгу. Командэм и гъусэу япэ дивизионым, итIанэ премьер-лигэм кIуащ. ИужькIэ «Черноморец» зыфIащыжам и капитану щытащ.
Джэгун иухри, тренеру а гупым къагъэнэжащ. ЯпэщIыкIэ щIалэгъуалэр игъэсащ. Абыи зэфIэкI инхэр къыщигъэлъагъурти, мыгувэу балигъхэм я тренер нэхъыщхьэ ящIащ. ДыщэкI Хьэзрэт и унафэм щIэту Новороссийск и «Черноморец»-р япэ дивизионым щекIуэкI зэхьэзэхуэм 2002 гъэм щытекIуащ икIи аргуэру премьер-лигэм хишэжащ. АрщхьэкIэ, абы иращIэкIа дауэдапщэхэр имыухыу, ди лъэпкъэгъур яфIэщIалэIуэу ягъэIури, нэгъуэщIым а къулыкъур иратащ. Хуабжьу щыуауи къыщIэкIащ - новороссийскдэсхэм гуп нэхъыщхьэм зыщаIэжьакъым.
«Черноморец»-м трагъэкIа иужькIэ, ДыщэкIыр Астрахань псынщIэу ирагъэблагъэри, япэ дивизионым щыджэгу «Волгарь-Газпром»-м и тренер нэхъыщхьэу ягъэуващ. ЕхъулIэныгъэхэр щиIащ Каспий тенджызым и Iуфэми адыгэ щIалэм.
Зэман дэкIыу, къехуэхыурэ етIуанэ дивизионым къыщыхута Новороссийск и «Черноморец»-м 2007 гъэм и зэхьэзэхуэри щIагъуэу къыщIидзакъым: япэ джэгугъуитхум ящыщу тIум щытекIуат, апхуэдизри къыщыхагъэщIат. Етхуанэ зэIущIэм Новороссийск щыIэу и хьэрхуэрэгъу нэхъыщхьэ Ставрополь и «Динамо»-р къызэрытекIуар абы и унафэщIхэм яхуэшэчакъым икIи, иджыри къэс лэжьа тренер нэхъыщхьэр трагъэкIри, ДыщэкI Хьэзрэт къашэжащ.
Адыгэ щIалэм и унафэм щIэту иригъэкIуэкIа зэхьэзэхуэр «Черноморец»-м и текIуэныгъэкIэ иухащ икIи 2008 гъэм япэ дивизионым щыджэгуну Iэмал игъуэтащ. АрщхьэкIэ къыкIэлъыкIуа илъэсыр абы хуэугъурлакъым икIи етIуанэ дивизионым ар къехуэхыжащ.
ДыщэкI Хьэзрэт нэгъуэщI тренер нэхъыщхьэкIэ яхъуэжащ. АрщхьэкIэ я Iуэхухэр нэхъ Iеиж хъурт икIи къахузэтемыгъэувыIэу командэм и къехуэхыныгъэм пищэрт. Дауи, сыт щыгъуи хуэдэу, мазэ бжыгъэ нэхъ дэмыкIыу, адыгэ щIалэр кърашэлIэжащ.
Аргуэру дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэу новороссийскдэсхэр къыщелъэIум, Хьэзрэт ахэр хуэгъэщIэхъуакъым. КIэух увыпIэхэм ящыщ зыр иIыгъыу къыIэрыхьэу еплIанэ увыпIэр япэ дивизионым а гъэм зыщригъэубыда Новгород Ищхъэрэ и «Волга» командэм и тренер нэхъыщхьэ къулыкъур къигъанэри, зи гуи зи пси кIэрыпщIа, ехъулIэныгъэ куэд щиIа «Черноморец»-р и унафэм щIигъэувэжащ. Къалэн нэхъыщхьэр - а командэр икIэщIыпIэкIэ япэ дивизионым гъэкIуэжынырт. Ар ДыщэкIым зэрыхузэфIэкIынум зыми шэч къытрихьэртэкъым.
Псори хъарзынэу зэфIэкIа, Iуэхур тэмэму зэтригъэувэжа иужькIэ, Урысей Федерацэм футболымкIэ и япэ дивизионым щыджэгу Новороссийск и «Черноморец»-м и тренер нэхъыщхьэ ДыщэкI Хьэзрэт 2011 гъэм езым и фIэфIыныгъэкIэ и къулыкъум текIащ. Ар куэдыр зыпэмыплъат.
Апхуэдэ лъэбакъуэ гугъу езыгъэчар ди лъахэгъум хэIущIыIу ищIакъым. АрщхьэкIэ Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкIхэм ящIэрт мылъкушхуэ щызекIуэ, тенджыз ФIыцIэм и кхъухь тедзапIэ нэхъ ин дыдэр зи хэщIапIэ «Черноморец»-м футболым пэжыжьэ, ар лъэныкъуэ езыгъэз, уеблэмэ хэзыгъэкIуэдэж куэд зэрыщекIуэкIыр. Абы къыхэкIыу щIыпIэ командэри зэм лъагэу яIэтырт, адрейми куу дыдэу кIуэцIрагъэхурт.
Шэч хэлътэкъым, зэман дэкIынурэ «Черноморец»-м и Iуэхур иджыри зэIыхьэжынут икIи адыгэ щIалэм къеджэжынут. Ауэ къыщыхуэныкъуэм и деж зыIэт, я Iуэху дэкIа иужькIэ къыхуэмеиж новороссийскдэсхэм Хьэзрэт дяпэкIи ядэIэпыкъуну пIэрэ? А упщIэм и жэуапыр хуабжьу тфIэхьэлэмэтт. Абы щыгъуэми ДыщэкIым дэнэ щIыпIи щIэупщIэшхуэ зэрыщиIэм и щыхьэтщ, зэгуэрым ехъулIэныгъэкIэ щылэжьа Астрахань занщIэу зэрырагъэблэгъэжар.
Къызэрыхэдгъэщащи, ДыщэкI Хьэзрэт Краснодар крайм хуабжьу щыцIэрыIуэщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым хыхьэ Тэрч къалэм 1965 гъэм къыщалъхуа пэтми, абы футболист, адэкIэ тренер лъэщ къыщыхэкIар а щIыпIэращ. Армавир и «Спартак», «Торпедо» командэхэм, иужькIэ Новороссийск и «Цемент»-м (иджы «Черноморец»-м), Краснодар и «Кубань»-м пщIэрэ щIыхьрэ иIэу хэтащ. Топ джэгун папщIэ зэ закъуэщ ди республикэм къыщигъэзэжар. Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым а лъэхъэнэм хэта Бахъсэн и «Автозапчасть»-м 1997 гъэм кърагъэблэгъэжри, абы и фащэр щыгъыу зэIущIэ 17 иригъэкIуэкIати, плIэнейрэ къыщыхэжаныкIри, абдежым щыщигъэтащ.
Псори зэхэту Совет Союзымрэ Урысей Федерацэмрэ я чемпионатхэмрэ кубокхэмрэ зэIущIэ 460-рэ щригъэкIуэкIащ ДыщэкIым икIи абыхэм топи 148-рэ я хьэрхуэрэгъухэм щахудигъэкIащ. Новороссийскдэсхэм яхэту 137-рэ къыхэжаныкIащ икIи абыкIэ къылъэщIыхьэн а командэм зэи щыджэгуакъым. Ди жагъуэ зэырхъунщи, куэдрэ къызэрыхъу хабзэу, хамэ щIыпIэм и пщIэр илъэс зыбжанэкIэ зыIэта, Iэзагъ ин зэриIэр псоми наIуэ защищIа джылахъстэней щIалэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ нэхъыщхьэ Налшык и «Спартак»-м и унафэщIхэм зэи гу лъатакъым икIи и зэфIэкIыр республикэм папщIэ къагъэсэбэпакъым.
2000 гъэм щегъэжьауэ ДыщэкI Хьэзрэт тренер IэнатIэм пэрытщ. Новороссийск и «Черноморец»-м, Тольятти и «Лада»-м, Астрахань и «Волгарь»-м, Новгород Ищхъэрэ и «Волга»-м, Химки и «Химки»-м, Владивосток и «Луч-Энергия»-м, нэгъуэщI куэдми ехъулIэныгъэкIэ щылэжьащ. Абы и унафэм щIэту «Черноморец»-мрэ «Волгарь»-мрэ япэ дивизионым дэкIуэтеящ, итIанэ новороссийскдэсхэр лигэ нэхъыщхьэм хигъэхьащ. Тренерхэм я курс нэхъыщхьэхэр Мэзкуу ехъулIэныгъэкIэ къыщиухауэ, Урысей Федерацэми, нэгъуэщI къэралхэми я премьер-лигэхэм щылэжьэну хуит зыщI «Pro» лицензэр иIэщ.
2017 гъэм ирихьэлIэу Новороссийск и «Черноморец»-р хэкIуэдэжыпэным нэсат. Уеблэмэ, ар етIуанэ дивизионым къыщыкIэрыхухэм ящыщт. Новороссийскдэсхэм зэрахабзэти, я Iуэхухэр хэкIыпIэншэ щыхъум, зыдагъэIэпыкъуну ДыщэкI Хьэзрэт аргуэрыжьу зыхуагъэзащ. 2018 гъэм Урысей Федерацэм щыIэну футболымкIэ дунейпсо чемпионатым и зэIущIэ зыбжанэ щрагъэкIуэкIын папщIэ мылъку куэд дыдэ трагъэкIуадэу Сочэ къалэм щызэрагъэпэщыжа, илъэсиплI ипэкIэ щIымахуэ Олимп джэгухэр къыщызэIуаха икIи щызэхуащIыжа «Фыщт» стадионым хуэфэщэну а щIыпIэм щызэхуашэса командэм и тренер нэхъыщхьэу лажьэ, къэкIуэну дахэ къызэрыпэщылъыр ищIэ пэтми («Сочи» гупыр мы гъэм япэ дивизионым щытекIуэри, премьер-лигэм кIуащ) Хьэзрэт и псэм хэлъ Новороссийск къалэм еплIанэу тренер нэхъыщхьэу игъэзэжащ.
Псыжь и Iуфэр зыгъэбжьыфIэ ЛIыс Артур
Дэ сыт щыгъуи набдзэгубдзаплъэу дахущытщ дэнэ щIыпIи къыщыхэжаныкI ди лъэпкъэгъухэм икIи абыхэм я ехъулIэныгъэхэм газетеджэхэр щIэх-щIэхыурэ щыдгъэгъуазэ зэпытщ. Дауи, тщIэрт Урысей Федерацэм футболымкIэ и премьер-лигэм зэфIэкI лъагэ иIэу ЛIыс Артур 2001 гъэ лъандэрэ зэрыхэтыр. АрщхьэкIэ нэхъ гъунэгъуу къыщытцIыхуар, и щхьэкIэ щызэдгъэлъэгъуар «Спартак-Налшыкыр» къэралым и командэ нэхъыфIхэм 2006 гъэм и пэщIэдзэм яхыхьа иужькIэщ. Пэжщ, абы щыгъуэм ар зыхэта Краснодар и «Кубань»-м а лъэхъэнэм «лифт» цIэр фIащауэ щытащ, илъэситхукIэ зэкIэлъхьэужьу премьер-лигэмрэ япэ дивизионымрэ я зэхуакум зэритам къыхэкIыу. Ар 2006, 2008, 2010 гъэхэм япэ дивизионым щытекIуэурэ къэралым и гуп нэхъыщхьэм хыхьэрт, ауэ къыкIэлъыкIуэ илъэсым абы зыщимыгъэбыдэфу, кIэух увыпIитIым языр иубыдырти, къыхагъэкIыжырт. Дауи, 2006-2012 гъэхэм уей-уей жезыгъэIа ди командэми зэпэбжу щымыт илъэсхэм (премьер-лигэм щыхэтхэм) тIэунейрэ къыщыхуэзэрт. Апхуэдэхэм ящыщ зыр хуабжьу гум къинащ.
ИлъэсипщI ипэкIэ, 2009 гъэм бадзэуэгъуэм и 12-м, адыгэ щIалэ ЛIыс Артур зыхэт «Кубань»-р Краснодар къалэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ нэхъыщхьэм щыджэгурт. Дауи, «Спартак-Налшыкым» дызэрыдэщIым къыдэкIуэу, дыпIейтейуэ дыкIэлъыплъырт ди лъэпкъэгъур хамэ гупым къызэрыхэщымрэ абы щиIэ зэфIэкIхэмрэ. ИкIи къэхъун хуейтэкъэ, краснодардэсхэм я футбол тхыдэм хыхьэну Iуэхугъуэ ЛIысым ди деж щилэжьыну?! «Спартак-Налшыкым» а пщыхьэщхьэм абы къыхудихуар Краснодар и «Кубань»-м дежкIэ къызэрыунэхурэ зыхэта зэхьэзэхуэ псоми щыдигъэкIа топ мин ещанэу къыщIэкIащ.
«Кубань»-м и топ мини 3-р ЛIыс Артур зэрыдигъэкIар гулъытэншэу къэнакъым. А командэм дэщIхэм къабгъэдэкIыу адыгэ щIалэм кубок дахэрэ 3000 бжыгъэм и унэцIэр дэщIыгъуу зытратха футболкэмрэ абы къратащ.
Иджы и чэзу хъуащ ЛIыс Артур нэхъ гъунэгъуу фэдгъэцIыхуну. 1982 гъэм мэкъуауэгъуэм (июным) и 10-м ар Черкесск къалэм къыщалъхуащ. Абы топджэгум зыщигъэсащ икIи щIыпIэ «Нартым» хэту етIуанэ дивизионым щекIуэкI зэхьэзэхуэм щригъэжьащ. Мыгувэу и джэгукIэфIым гу къылъатэри, и ныбжьыр илъэс 19 фIэкIа мыхъуауэ, къэралым и дивизион нэхъыщхьэм а лъэхъэнэм щыджэгу Новороссийск и «Черноморец»-м ирагъэблэгъащ. Абы хэту зэIущIэ 22-рэ иригъэкIуэкIри, зы топ и хьэрхуэрэгъухэм яхудигъэкIащ.
АрщхьэкIэ, «Черноморец»-м Артур зэрыхагъэтар а зы илъэсырщ. КъыкIэлъыкIуэ гъэм ар къэралым и командэ нэхъ лъэщ дыдэхэм ящыщ зы Мэзкуу и ЦСКА-м яшащ. Абы зэIущIих фIэкIа щримыгъэкIуэкIами, къыщыхэжаныкIыну хузэфэкIащ икIи а командэм и гъусэу 2003 гъэм Урысей Федерацэм и чемпион хъуащ.
ЕхъулIэныгъэхэр иIэ пэтми, ЛIыс Артур и унэм нэхъ пэгъунэгъуу къекIуэлIэжмэ нэхъ къищтащ икIи 2004 гъэм «Кубань»-р къыщыщIэупщIэм хыхьэри, илъэс пщыкIутIкIэ зэкIэлъхьэужьу абы щыджэгуащ, и пщIэр лъагэу иIэтрэ гуимыхуж текIуэныгъэхэр къыхуихьу.
Зэхьэзэхуэм топ нэхъ дахэ дыдэ зэрыщыдигъэкIамрэ краснодардэсхэм я топ 3000-р къызэрехъулIамрэ къищынэмыщIауэ, иджыри зы Iуэхугъуэ инкIэ адыгэ щIалэр «Кубань»-м и тхыдэм хыхьащ - ЛIыс Артур нэхъыбэрэ абы и фащэр щыгъыу зыри зэи джэгупIэ губгъуэм къихьакъым! 2013 гъэм мэлыжьыхьым (апрелым) и 28-м Санкт-Петербург и «Зенит»-м дригъэкIуэкIамкIэ псоми ящхьэщыкIащ, зэIущIэ 284-м нигъэсри. ИужькIи а бжыгъэм хигъэхъуащ, зэи зыри къылъэщIэмыхьэжыфын хуэдэу. КъыщызэтеувыIар зэIущIэ 333-м нэсауэщ. Абыхэм мыхьэнэшхуэ зиIэ топ 26-рэ щыдигъэкIащ.
Жыласэ Заурбэч.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "688.txt"
} |
Топджэгу цIэрыIуэм и щIыхькIэ
Налшык и «Сабий стадионым» щекIуэкIащ СССР-м спортымкIэ и мастер, Налшык и «Спартак»-м щыджэгуа, абы и унафэщIу илъэс куэдкIэ щыта ТыIэщ Хьэсэнбий и фэеплъ футбол зэхьэзэхуэ.
КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм Iэпщэ Александр и цIэр зезыхьэ ФутболымкIэ Олимп резервым и спорт школымрэ (унафэщIыр Чэрим Олегщ) ТыIэщым и къуэхэу Русланрэ (1989-1991 гъэхэм Налшык и «Спартак»-м и гъуащхьэхъумэныкъуэу щытащ) Аслъэнрэ дэщIыгъуу къызэригъэпэща фэеплъ зэхьэзэхуэм команди 6 хэтащ.
ЗэпэщIэтыныгъэ гуащIэхэм нэхъ лъэщхэр щызэхэкIащ. Япэ увыпIэр яубыдащ Гъубж Вячеслав и гъэсэнхэм («Спартак-Налшык»). ЕтIуанэ хъуащ Iэпщэ Александр и цIэр зезыхьэ ФутболымкIэ Олимп резервым и спорт школымрэ (тренерыр Гергоков ТIахьирщ). Прохладнэ и СДЮСШОР-м и футболист ныбжьыщIэхэр ещанэщ (тренерыр Вехов Александрщ).
Фэеплъ зэхьэзэхуэр щызэхуащIыжым къызэгъэпэщакIуэхэмрэ хэтахэмрэ фIыщIэ псалъэхэмкIэ зыхуагъэзащ Налшык спортым и ветеранхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Уянаев Владимир, СССР-м спортымкIэ и мастер, гъуащхьэтету щыта, «Спартак-Налшыкым» и тренер нэхъыщхьэу лэжьа Биджий Хьэсэнбий.
Зэпеуэм щытекIуахэмрэ къыщыхэжаныкIахэмрэ хьэщIэ лъапIэхэм тыгъэ хуащIащ кубокхэр, медалхэр, грамотэхэр.
Урысейпсо зэхьэзэхуэм хэтынухэр
Накъыгъэм и 27-м къыщыщIэдзауэ мэкъуауэгъуэм и 16 пщIондэ Бахъсэн щIыналъэм и топджэгу губгъуэхэм щекIуэкIащ «Хьэфэ топ» футболымкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэм и республикэ Iыхьэр. Ар къызэрагъэпэщащ икIи ирагъэкIуэкIащ Бахъсэн муниципальнэ районым и щIыпIэ администрацэм и дэIэпыкъуныгъэкIэ. Зэпеуэм хэтащ 2004-2009 гъэхэм къалъхуа ныбжьыщIэ командэхэр.
2004-2005 гъэхэм къалъхуахэм я зэхьэзэхуэм пашэныгъэр щиубыдащ Прохладнэ къалэм и гупым. Шэджэм куейм и футболист ныбжьыщIэхэр етIуанэщ. Бахъсэн районым и командэр ещанэ хъуащ.
2006-2007 гъэхэм къалъхуа топджэгу щIалэщIэхэм я деж япэ увыпIэр щызыIэрагъэхьащ бахъсэндэсхэм. Шэджэм куейр етIуанэщ. Абыхэм къакIэлъокIуэ Дзэлыкъуэ щIыналъэм и командэр.
Гуп нэхъыщIэ дыдэхэм я деж (2008-2009 гъэхэм къалъхуахэр) нэхъ лъэщу къыщыщIэкIащ Бахъсэн районым и футболистхэр. Бахъсэн къалэм и командэм дыжьын медалыр къылъысащ. Май куейм и гупыр ещанэщ.
Мини-футбол
Полковникым и фэеплъу
Хабзэ зэрыхъуауэ, Бахъсэн щIыналъэм щекIуэкIащ 2011 гъэм хэкIуэда полицэм и полковник Сыжажэ МуIэед и фэеплъу мини-футболымкIэ республикэ зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ республикэм и команди 6.
Зэхыхьэр къыщызэIуихым зэхьэзэхуэм хэтхэм захуигъэзащ Бахъсэн район администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Iэхъуэбэч Андзор: «Нобэрей зэхуэсыр спорт зэхыхьэ закъуэкъым, атIэ хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэу щыта ди лъэпкъэгъу хахуэр ди нэгу къыщыщIэдгъэхьэж махуэщ. Мыпхуэдэ зэхьэзэхуэхэм я мыхьэнэ нэхъыщхьэу щытщ цIыхухэм яку мамырыгъэ, зэгурыIуэныгъэ къыдэлъхьэныр, терроризмэмрэ экстремизмэмрэ пэщIэтыныр. ЗэпэщIэтыныгъэ дахэ, удэзыхьэх къэвгъэлъэгъуэну сынывохъуэхъу!»
Псалъэ гуапэхэмкIэ къызэхуэсахэм захуигъэзащ МуIэед и адэ Сыжажэ Iэуес: «ФIыщIэ яхузощI зэхьэзэхуэм и къызэгъэпэщакIуэхэм. ИкъукIэ си гуапэщ апхуэдиз илъэс хъуауэ си щIалэм и фэеплъыр зэрыфхъумэм папщIэ».
Мини-футболымкIэ зэхьэзэхуэм пашэныгъэр щиубыдащ Вольнэ Аул и командэм. ЕтIуанэ хъуащ Налшык и «Эталон»-р. РОВД-м и гуп къыхэхар ещанэщ.
КъищынэмыщIауэ, фэеплъ зэхьэзэхуэм и саугъэт щхьэхуэхэр иратащ: «Спортым и ветеран» - Тут Анатолий, «Гъуащхьэхъумэ нэхъыфI» - Молэ Владимир, «Гъуащхьауэ нэхъыфI» - Хьэмгъуокъу Олег, «Гъуащхьэтет нэхъыфI» - Унэж Алим, «Футболист нэхъыфI» - Гуртуев Владимир, «Гъуащхьэхъумэныгъуэ нэхъыфI» - Куржы Мурат.
ЖЫЛАСЭ Замир.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "689.txt"
} |
ЩIыуэпс Дызыщыпсэу щIыр - бжыгъэхэмкIэ
ЩIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, дызыщыпсэу ЩIымрэ Дыгъэ системэм хиубыдэ вагъуэхэмрэ адрей планетэхэмрэ илъэс меларди 4,6-рэ и пэкIэ къэунэхуащ. ЦIыхур хьэршым и гъунапкъэ жыжьэхэм нэплъысащ. ИкIи планетэ мелард бжыгъэхэм ящыщу ЩIы закъуэращ гъащIэ здэщыIэу къыщIэкIари. Ар, дауи, телъыджэщ. Ауэ, абы нэхърэ нэхъ гъэщIэгъуэныж куэд къыщохъу езы ЩIыми...
ЯпэщIыкIэ ЩIым и ухуэкIэм зэ дриплъэжынщ.
Уафэ лъабжьэм къыщыщIэбдзэмэ, япэу узрихьэлIэр щIы щхьэфэращ. Ар дыщызэхэзекIуэ, къэкIыгъэхэр, жыгхэр къыщыкI, къуршхэмрэ къуакIэ-бгыкIэхэмрэ зытетырщ. Абы и лъабжьэм къыкIэщIэлъщ литосферэр - мывэмрэ щIы щхьэфэмрэ я зэхуаку дэлъыр. Литосферэм къыкIэлъокIуэ мантиер - щIым и пкъыгъуэ нэхъ Iув дыдэр, мывэ зэмылIэужьыгъуэу зэхэлъыр. Абы и лъабжьэм щIэлъщ астеносферэр: щIы кугъуэ пщтырым къигъэкъуэлъа мантиер ткIуаткIуэ сэфэтым иту. Астеносферэм къыкIэщIэлъщ щIы кугъуэ щхьэфэр. Абы щызэхуэхусащ малъхъэдис къэкъуалъэр. ИкIэм-икIэжым къыкIэлъокIуэ щIым и кугъуэр (гъущIымрэ никелымрэ зэхэшыпсыхьыжауэ къызэдэкъуалъэу).
Бжыгъэхэр
ЩIым и экваторым и бгъуагъыр - километр 12756-рэ;
ЩIым и кугъуэм и бгъуагъыр - километр 7000;
Мантием и Iувагъыр - километр 2900-рэ;
ЩIы кугъуэ щхьэфэм и пщтырагъыр - градус 7000;
ЩIым и щхьэфэр - километр зэбгъузэнатIэ мелуан 510-рэ;
Дунейпсо тенджызым еубыд километр зэбгъузэнатIэ мелуан 361-рэ;
Хьэуам и зэхэлъыкIэр: процент 78-р азотщ, процент 21-р лъышэщ (кислородщ), зы процентыр - аргонщ;
ЩIым зэ зыкъигъэкIэрэхъуэным сыхьэт 23-рэ дакъикъэ 56-рэ ехь (зы жэщ-махуэ);
ЩIыр Дыгъэм зэ къекIуэкIыным токIуадэ махуэ 365-рэ сыхьэти 6-рэ (зы илъэс);
ЩIым къыщыщIэдзауэ Дыгъэм нэс я зэхуакум километр 149600000 дэлъщ;
ЩIым зы сыхьэтым къриубыдэу гъуэгуанэу километр 1660-рэ къызэпичу зегъэкIэрахъуэ;
ЩIым и орбитэм иту къыщикIухькIэ, зы меданым километр 29,8-рэ екIу;
ЩIым къыщыщIэдзауэ Мазэм нэс я зэхуакум километр 385000 дэлъщ;
ЩIы щхьэфэм нэхъыбэу хэлъыр лъышэ (кислород) (процент 46,6-рэ), щтауч (кремний) (процент 27,7-рэ), бзэху (алюминий), (проценти 8,1-рэ), гъущI (железо)(проценти 5) жыхуэтIэхэращ.
Псом нэхърэ нэхъ...
•ЩIым и щIыпIэ нэхъ хуабэ дыдэр Ливиеращ. Абы щыIэ Аль-Азизие къалэм 1922 гъэм фокIадэм и 13-м щиIыгъащ хуабэу градус 57,7-рэ;
•Нэхъ щIыIэ дыдэр Антарктидэращ. 1983 гъэм бадзэуэгъуэм и 21-м «Восток» станцым къитащ а щIыпIэм градус 89,92-рэ щIыIэу щыIауэ;
•Нэхъ гъущэ дыдэу ЩIым иIэ щIыпIэр Чилим щыIэ Атакамэ къумырщ;
•Жьапщэ нэхъ псынщIэ дыдэр США-м и Нью-Гемпшир штатым 1934 гъэм щагъэбелджылащ. Абы зы сыхьэтым километр 372-рэ и псынщIагъыу къепщэрт;
•ЩIым нэхъ куу дыдэу иIэ щIыпIэр Мариин кумбырщ. Абы километр 11,033-рэ и кууагъщ;
•Гуэл нэхъ куу дыдэр Байкалщ (метр 1940-рэ).
Псыежэх нэхъ кIыхь дыдэхэр
•Нил (Африкэм) - километр 6670-рэ;
•Амазонкэ (Америкэ Ипщэм) - километр 6448-рэ;
•Миссисипи (Америкэ Ищхъэрэ) - километр 6231-рэ;
•Енисей (Азие)- километр 5540-рэ;
•Янцзы (Азие) - километр 5470-рэ;
•Обь (Азие)- километр 5150-рэ;
•Конго-Заир (Африкэ) - километр 4828-рэ;
•Амур (Азие) - километр 4506-рэ;
•Хуанхэ (Азие) - километр 4345-рэ;
•Меконг (Азие) - километр 4184-рэ;
•Нигерие (Африкэ) - километр 4184-рэ.
Къумхэр
•Сахарэ - километр зэбгъузэнатIэ 8400000-рэ;
•Аравий - километр зэбгъузэнатIэ 1300000-рэ;
•Тоби - километр зэбгъузэнатIэ 1040000-рэ;
•Калахари - километр зэбгъузэнатIэ 520000-рэ.
Псыкъелъэхэр
•Нэхъ лъагэу дыдэхэр: Анхель (африкэ Ипщэ) - метр 979-рэ; Тугелэ (Африкэ) - метр 948-рэ.
•Псы нэхъыбэ къызэхуэхыр: Бойомэ (Конгэ) - зы меданым псы метр зэпэщимэ 17000; Ниагарэ (Америкэ Ищхъэрэ) - зы меданым псы метр зэпэщимэ 6000.
ХытIыгу нэхъ ин дыдэхэр
•Гренландие (Атлантикэ Ищхъэрэ) - километр зэбгъузэнатIэ 2175600-рэ мэхъу;
•Новэ Гвинее (тенджыз Щэхум и ипщэ-къухьэпIэ) - километр зэбгъузэнатIэ 794090-рэ;
•Калимантан (тенджыз Щэхум и ипщэ-къухьэпIэ) - километр зэбгъузэнатIэ 751078-рэ;
•Мадагаскар (Индие тенджыз) - километр зэбгъузэнатIэ 587040-рэ;
•Суматрэ (Индие тенджыз) - километр зэбгъузэнатIэ 431982-рэ;
•Хонсю (тенджыз Щэхум и ищхъэрэ-къухьэпIэ) - километр зэбгъузэнатIэ 230822-рэ;
•Великобритание (Атлантикэ Ищхъэрэ) - километр зэбгъузэнатIэ 229522-рэ;
•Элсмир (Канадэ Арктикэ) - километр зэбгъузэнатIэ 198393-рэ;
•Викторие (Канадэ Арктикэ) - 192695-рэ.
Бгы нэхъ лъагэ дыдэхэр
•Азием: Джомолунгмэ (Непал) - метр 8848-рэ; Чогори (Китай - Пакистан - Индие) - метр 8611-рэ; Канченджангэ (Непал) - метр 8470-рэ; Макалу (Непал) - метр 8470-рэ; Дхаулагири (Непал) - метр 8172-рэ;
•Америкэ Ипщэм: Аконкагуэ (Аргентинэ) - метр 6960-рэ;
•Америкэ Ищхъэрэм: Мак-Кинли (США) - метр 6194-рэ;
•Африкэм: Килиманджарэ (Танзание) - метр 5895-рэ;
•Европэм: Iуащхьэмахуэ (Урысей Федерацэ) - метр 5633-рэ; Монблан (Франджы) - метр 4810-рэ;
•Антарктидэм: Винсон - метр 5139-рэ;
•Австралиемрэ Океаниемрэ: Джая (Новэ Гвинее) - метр 5029-рэ.
ФIэщ щIыгъуейщ, ауэ - пэжщ
1.Ди ЩIым хуэдэ дыдэ планетэ куэд хьэршым итщ, езым я дыгъи, мази яIэжу, гъащIэ щыIэфын хуэдэу температурэ тэмэм яIыгъыу. Ауэ абыхэм гъащIэ щыIэрэ щымыIэрэ къахуэхутакъым щIэныгъэлIхэм.
2.Закъуэныгъэр зыфIэфIхэр Гренландием кIуэ хъунущ. Зы километр зэбгъузэнатIэм цIыху нэхъ мащIэ дыдэ зэрысыр а къэралырщ. 2010 гъэм ирагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэм къызэригъэлъэгъуамкIэ, хытIыгум иубыд километр зэбгъузэнатIэ 2166086-м цIыху 56534-рэ щыпсэууэ аращ - КъБР-м и къуажэшхуитI хуэдиз. Абыхэм я нэхъыбапIэр Iусщ тенджыз Iуфэм;
3.Зэхэвэзэхэжьэ фIыуэ фымылъагъумэ, зэи Манилэ фымыкIуэ! Филлиппинхэм я къалащхьэм цIыхуу дэсым хуэдиз зы къалэми дэскъым, дуней псор къапщтэмэ. 2007 гъэм ирагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэм къигъэлъэгъуащ километр зэбгъузэнатIэ 38,55-м цIыху 1660714 тесу!
4.БыдзышэкIэ зи щIэблэр зыпI псэущхьэхэм я нэхъ цIыкIу дыдэр Азием и ипщэ-къуэкIыпIэм щыпсэу дзыгъуэнэфырщ. Абы сантиметри 3 и кIыхьагъыу аращ, грамми 2 и хьэлъагъщ.
5.Дунейм тет псэущхьэхэм нэхъ ин дыдэу яхэтыр сытра? Пыл? Джей щIыху? Хьэуэ! Iэгъэбэгухэрщ. Ботаникэм ахэр псэущхьэхэми къэкIыгъэхэми яхибжэркъым. Абы къыхэкIыу, псэ зыIути, зыIумыти, багъуэу, хэхъуэу щыIэм я нэхъ ин дыдэр Iэгъэбэгурауэ жаIэ. Псалъэм папщIэ, щыIэщ Iэгъэбэгу (опёнок) и лъэхъцым щIы гектарым зриубгъуауэ.
6.Къэбэкъауэхэм я нэхъ «жыджэрыр» Страмболи зи фIэщыгъэцIэу хы Курытым и хытIыгухэм ящыщ зым щыIэрщ. Иужьрей илъэс мин 20-м ар зэи къызэтемыувыIауэ къокI. Хытетхэм Страмболи гъуазэу ябж, сыту жыпIэмэ, жэщым плъыжьыбзэу къоблэри, уигъэгъуэщэнукъым.
7.ЩIым и тафэр Iыхьихыу гуэшащ, зэрытщIэщи: Евразие (Европэрэ Азиерэ), Африкэ, Америкэ Ищхъэрэ, Америкэ Ипщэ, Австралие, Антарктидэ. Нобэ ахэр зэпэщIэхащ, хышхуэхэр я зэхуаку дэлъщ. Ауэ илъэс мелуан 200-кIэ узэIэбэкIыжмэ, а псори зы щIы Iыхьэу щытащ. ЩIы лъабжьэр хъеин, зекIуэн щIидза нэужь, щIы щхьэфэр Iыхьэ-Iыхьэу зэкIэщIитхъри, зэпэщIихащ. Ар нэрылъагъу пщохъу картэм уеплъурэ континетхэр зэбгъурыбгъэувэжмэ - я гъунапкъэхэр пазлым хуэдэу зэжьэдоувэж. ЩIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, зэгуэр, къэкIуэну жыжьэм, ахэр зы хъужынущ.
8.Мазэр дэнэ къыздикIар? Языныкъуэ щIэныгъэлIхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, Тейе планетэр зэгуэр ЩIым гъунэгъущэ къыхуэхъущ, къыжьэхэуэри, и зы Iыхьэшхуэ гуиудащ. Къыгуиудар Мазэ хъуащ.
9.ЩIымрэ Дыгъэмрэ километр мелуани 150-рэ я зэхуакущ. Ауэ Дыгъэм къидз нэхур ЩIым къэсыным медани 8,19-рэ ихьу аращ!
10.Дунейпсо тенджызым ЩIым и процент 70-р еубыд. Ауэ абы щыщу цIыхум иджар проценти 5-рщ. Тенджызым щыпсэухэмрэ абы и лъабжьэм щIэлъымрэ дыщымыгъуэзэххэу жыпIэмэ, ущыуэнукъым.
11.ЩIыуэпсым езыр-езыру къегъэщI электрокъару. Псалъэм папщIэ, щыблэмрэ уафэхъуэпскIымрэ. Щыблэр къыщыуэкIэ абы и Iэгъуэблагъэм ит хьэуар градус мин 30-м нэскIэ къегъэплъ. Хьэуа къэплъам къиутIыпщ гуащIэм къаруушхуэ къегъэщIри, атмосферэр къызэкIэщIетхъ. Абы щыгъуэм деж дэ зэхыдох уафэгъуагъуэр.
12.ЗэрытщIэщи, ди ЩIым хьэршымкIэ укъыщеплъмэ, щIыху-удзыфафэу ялъагъу космонавтхэм. Аращ зэрыщытри. Ауэ пасэрей зэман жыжьэм ЩIыр шакъафэу щытащ. Ар къызыхэкIар ретинал молекулэращ. Пасэрей къэкIыгъэхэм дыгъэбзийр зэщIашэн папщIэ къагъэсэбэпу щытар хлорофиллракъым, нобэ хуэдэу. АтIэ, зи гугъу тщIы ретиналырщ.
13.Уэшхыр дэнэ къыздикIыр? Уафэм… Уафэм псыр дэнэ къыздрихыр? Физикэм къызэрихутамкIэ, гуащIэр зэи кIуэдыркъым, атIэ зы сэфэтым къикIыу нэгъуэщIым иувэу аращ. Апхуэдэщ псым и Iуэхури. Дыгъэ къепсым тенджызхэр, псы ежэххэр, гуэлхэр къегъэхуабэри, бахъэ къыхеху. Ар уафэм докIуей. Атмосферэ щIыIэм нэса нэужь, бахъэр ткIуаткIуэ мэхъужри, уэшх, уэс, уэ теплъэ зыбжанэм иту (дунейм и щIыIагъэ-хуабагъэм елъытауэ) къегъэзэж.
14.Гуэлхэри къоуэ! Камерун щыIэщ гуэлищ, кIэщI-кIэщIыурэ къауэу: Ниос, Монун, Киву. Ахэр къэбэкхъауэ кумбым итщи, углекислэ гъуэзыр щIы лъабжьэм къиутIыпщыху, гуэлхэри къоуэ.
15.Псы зылъэмыIэса, щIы щхьэфэ гъущэм нэхъ куу дыдэу иIэ щIыпIэр
Антарктидэм щыIэ Бентли кумбырщ. Абы метр 2555-рэ и кууагъщ. ЩIэныгъэлIхэм я жагъуэ зэрыхъунщи, абы унэсыфынукъым мыл IувкIэ щIэхъумащи.
Фырэ Анфисэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "69.txt"
} |
Дунейпсо кубокым и етIуанэ Iыхьэм
Мас-рестлинг
Узбекистаным и Алмалык къалэм щекIуэкIащ мас-рестлингымкIэ Дунейпсо кубокыр къэхьыным теухуауэ цIыхухъухэмрэ цIыхубзхэмрэ я зэпеуэм и етIуанэ Iыхьэр. Псори зэгъусэу абы хэтащ къэрал 19-м икIа спортсмен 200-м щIигъу. Урысейм и цIэкIэ зэхьэзэхуэм зыкъыщагъэлъэгъуащ ди лъэпкъэгъухэу Нэгъуей Астемыррэ Хъущт Анзоррэ.
Зэпеуэхэм я япэ махуэм Нэгъуейр пэщIэдзэ зэIущIитIым щытекIуэри, финал ныкъуэм нэсащ. Абы ди щIалэр щыIущIащ къэралым и гуп нэхъыщхьэм къыдыхэт Андросов Василий. Астемыр и Iэпхъуамбэр къутэри, зэIущIэм къыщыхагъэщIа хъуащ.
ЕтIуанэ махуэм утыку къихьащ Хъущтыр. Япэ дыдэ зэIущIэм Анзор къыщыпэщIэхуащ щэнейрэ дунейпсо чемпион Константинов Сергей икIи абы пэлъэщакъым. Япэ зэIущIэм къыщыхагъащIэу «В» гупым хэхуа ди лъэпкъэгъум зэкIэлъхьэужьу текIуащ Къыргъызстаным, Пакистаным, Узбекистаным я спортсменхэр икIи хуэфащэ дыдэу жэз медалыр зыIэригъэхьащ.
Зи гугъу тщIа спортсменитIри егъасэ тренер цIэрыIуэ Гъубж БетIал.
ЖЫЛАСЭ Замир.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "690.txt"
} |
Школхэр зэрыхьэзырыр щIапщытыкI
Урысей МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэм къапщытэ школхэр гъэ еджэгъуэщIэм зэрыхуэхьэзырыр.
МафIэсым кIэлъыплъынымкIэ къэрал инспектор Быф Азэмэт апхуэдэ Iуэхухэр щригъэкIуэкIащ Налшык къалэ дэт курыт еджапIэ №32-м. Къапщытащ унэм и щытыкIэр мафIэс шынагъуэншагъэм къигъэувхэм изагъэмэ. МафIэр гъэункIыфIынымкIэ зыхуеину Iэмэпсымэхэр яIэмэ, абыхэм я щытыкIэр, мафIэсым пэщIэтынымкIэ кранхэмрэ псы игъэхъуапIэмрэ тэмэммэ зрагъэщIащ.
Урысей МЧС-м и Уравленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм и мафIэс лабораторэм и инженер Шэрий Алим Iэмэпсымэ хэхар къигъэсэбэпу къипщытащ мафIэс автоматикэ, мафIэс къэхъу хъужыкъуэмэ цIыхухэм хъыбар зэрыIэрагъэхьэ системэхэр мардэм къитIасэмэ.
Налшык къалэм хеубыдэ школ, зи школ кIуэгъуэ мыхъуахэр зэкIуалIэ IуэхущIапIэ 98-рэ икIи мафIэсым кIэлъыплъынымкIэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэм ахэр къэпщытэныр и кIэм нагъэс.
ФокIадэм ирагъэкIуэкIынущ республикэм и курыт еджапIэхэм щеджэхэм мафIэсым зыщыхъумэнымкIэ я щIэныгъэм нэхъри зрагъэубгъуным ехьэлIа Iуэхухэр.
Дыгулыбгъу Жантинэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "691.txt"
} |
Сыт щыгъуи я нэIэ тетщ
Урысей МВД-м Лэскэн районымкIэ и къудамэм и лэжьакIуэхэр гъэ еджэгъуэщIэм ирихьэлIэу щыIащ 2009 гъэм и жэпуэгъуэм зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Лэскэн район ОВД-м и штабым и инспектор нэхъыжь милицэм и лейтенант нэхъыжь Ацкъэн Мухьэмэд и унагъуэм.
ХьэщIэхэм зрагъэщIащ здэкIуахэм я псэукIэр, я гугъуехьхэр, хэкIуэдам и анэм, сабийхэр зыпIым дэIэпыкъуащ школ хьэпшыпхэмкIэ.
Ацкъэнхэ я унагъуэм полицэм и лэжакIуэхэм фIыщIэ хуищIащ я гулъытэм, сыт щыгъуи я нэIэ къазэрытетым папщIэ.
КъБР-м щыIэ МВД-м и пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "692.txt"
} |
Хъыбар нэпцIым зыщыфхъумэ
Пенсэ фондым къет
Урысейм и Пенсэ фондым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм щыгъуазэ фещI пенсэхэр, социальнэ е компенсацэ ахъшэр СНИЛС-м и номерымкIэ ирату соцсетхэмрэ смс-мессенджерхэмрэ, хэхауэ Instagram-м къралъхььэ хъыбархэр зэрымыпэжым. Апхуэдэ ахъшэхэр ятыныр законым къыщыгъэлъэгъуакъым. А хъыбархэр пцIы зэфэзэщщ икIи хабзэхъумэхэм зэхагъэкIыпхъэщ. Пенсэ фондым я пенсэр къызэрибжыжам теухуа хъыбар телефон зэпыщIэныгъэмкIэ цIыхухэм яригъащIэркъым.
Сакъыныгъэр зыщывмыгъэгъупщэ, апхуэдэу зыкъыфхуагъазэмэ, Iэпэдэгъэлэл фымыщIу УФ-м и Пенсэ фондым и къудамэу КъБР-м щыIэм хъыбар евгъащIэ.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, ят ахъшэхэм, пенсэм зэрыхагъахъуэм, къызэрабжыжым, апхуэдэуи нэгъуэщI упщIэхэм теухуа хъыбар узэщIэ къыщыфIэрыхьэнур КъБР-м щыIэ Пенсэ фондым и щIыналъэ IуэхущапIэхэрщ.
КъищынэмыщIауэ, цIыхухэм сыт щыгъуи Iэмал яIэщ ПФР-м и официальнэ электрон сервисхэр къагъэсэбэпыну Пенсэ фондым и IуэхущIапIэхэм «телефон пщытырымкIэ» зыпащIэу зыщIэупщIахэм и жэуап зэхахыну
Телефонхэр: 8(8662) 42-00-30, 8(8662) 42-00-29, 8-800-200-09-77 (Урысей Федерацэм и щIыпIэ псоми пщIэншэу ущопсалъэ).
Уэрдокъуэ Женя.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "693.txt"
} |
Дунейм щыхъыбархэр
ЦIыхухэм я хэхъуэхэр нэхъыбэ зэрымыхъум теухуауэ
Урысейм щыпсэухэм я хэхъуэхэр хэпщIыкIыу нэхъыбэ зэрымыхъум зэригъэгузавэр УФ-м и Президент Путин Владимир щыжиIащ экономикэм ехьэлIа Iуэхухэм щытепсэлъыхьа зэIущIэм. Абы хэтащ Президентым и Администрацэм и унафэщI Вайно Антон, къэралым и унафэщIым и дэIэпыкъуэгъу Белоусов Андрей, УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ – финансхэмкIэ министр Силуанов Антон, экономикэ зыужьыныгъэмкIэ министр Орешкин Максим, Банк Нэхъыщхьэм и унафэщI Набиуллинэ Эльвирэ сымэ.
«Инфляцэр хуэм-хуэмурэ хуокIуэ здынэсыну ди гугъа бжыгъэм. Мы зэманым ар илъэсым тещIыхьауэ проценти 4,5-рэ хъууэ аращ. Апхуэдэу щытми, цIыхухэм я улахуэхэм хущIагъуми, абыхэм ипэжыпIэкIэ яIэрыхьэ хэхъуэр мащIэ дыдэущ зэрыдэкIуейр. Iуэхур апхуэдэу зэрыщытым утемыгузэвыхьынкIэ Iэмал иIэкъым», - жиIащ Путиным.
Абы къигъэлъэгъуащ 2019 гъэм и япэ мазихым къэралым и ВВП-р процент 0,7-кIэ, промышленностым къыщIигъэкIыр мазиблым проценти 2,6-кIэ нэхъыбэ зэрыхъуар.
«ЗэхъуэкIыныгъэфIхэр зэрыщыIэр нэрылъагъущ, арщхьэкIэ, цIыхухэм я мылъкум зэрыщытын хуейм хуэдэу зэрыхэмыхъуэм дегъэпIейтей. Экономикэм нэхъ псынщIэу зезыгъэужьыну, цIыхухэм я хэхъуэхэр нэхъыбэ зыщIыну Iэмалхэр къэлъыхъуэн хуейщ», - къыхигъэщащ къэралым и Президентым икIи зэIущIэм кърихьэлIахэм пщэрылъ ящищIащ щытыкIэр езыгъэфIэкIуэну хэкIыпIэхэр къагъуэтыну. Абы тригъэчыныхьащ мы Iуэхур кIыхьлIыхь пщIы зэрымыхъунуми.
Банк Нэхъыщхьэм къызэритымкIэ, къэралым щыпсэухэм я лэжьапщIэм мэкъуауэгъуэ, бадзэуэгъуэ мазэхэм, зэрызэкIэлъыкIуэм хуэдэу, проценти 2,9-кIэ, проценти 3,5-кIэ хэхъуащ. Ауэ абыи къызэригъэпэщакъым цIыхухэм я хэхъуэхэр зыхэпщIэу нэхъыбэ хъуныр.
ЗэIущIэм зыщытепсэлъыхьа Iуэхум къэралым и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зэриIэр къэзыгъэлъагъуэ бжыгъэхэм щхьэкIэ жыжьэ ущIэкIуэн щыIэкъым. Ахэр гъунэжу щыбгъуэтынущ къэрал къулыкъущIапIэ, хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм я сайтхэм. А бжыгъэхэр къэплъыхъуэну ухуежьэмэ, узыщымыгуфIыкIынур нэхъыбэу къыщIедз. Псалъэм папщIэ, иджыблагъэ хэIущIыIу зэрыхъуамкIэ, зи мазитI улахуэ зэпызымыгъэхьэф лэжьакIуэхэм я бжыгъэр къэралым процент 50-м щыноблагъэ. ЛэжьакIуэ IэнатIэ Iут псоми я зэхуэдитIым я улахуэхэр сом мин 14-м фIэкIыркъым. Социологхэр зыщIэупщIахэм кърата жэуапхэм наIуэ къызэращIащи, лэжьакIуэхэм я нэхъыбапIэр арэзыкъым я улахуэмкIэ, абыхэм ягъэзащIэ къалэнымрэ лэжьапщIэу къыпэкIуэмрэ ауэ жыжьэуи зэхуэмыкIуэу къалъытэ.
Къэралым и унафэщIыр щхьэтечу зытепсэлъыхьа Iуэхур и пIэм изышыну зи къалэнхэм пщэрылъ ящищIахэр яхузэфIэкIынумэ зэманым къигъэлъэгъуэнщ.
КъэралитIыр зэгурыIуэжын папщIэ
«Урысеймрэ Куржымрэ дяку дэлъ зэгурымыIуэныгъэхэр лъэныкъуэ щедгъэзыфынур УФ-р Iуэху пыухыкIахэм зэрабгъэдыхьэ щIыкIэр ихъуэжмэщ», - жиIащ а къэралым и президент Зурабишвили Саломе.
КъэралитI зэпыщIэныгъэхэр зэтеувэжын папщIэ Урысейм и гъунэгъу цIыкIум хуэфащэ пщIэ къыхуищIыным мыхьэнэшхуэ иIэщ, къыхигъэщащ абы.
«Апхуэдэуи Урысейм къилъытэн хуейщ дэ къыттрикъузэу зэрыдмыдэнур, ди зэхущытыкIэхэм егъэзыгъэ хэлъ зэрымыхъунур. Хабзэм тетыну зэрамурадыр къэзыгъэлъагъуэ лъэбакъуэхэр ячу хуежьэмэ, дэ зэпсэлъэныгъэхэм щIэддзэжыну дыхьэзырщ», - жиIащ Зурабишвили.
Апхуэдэуи абы къыхигъэщащ Москварэ Тбилисирэ дипломатие зэхущытыкIэ 2008 гъэ лъандэрэ зэрызэхуамыIэжыр.
Куржым и президентым жиIахэм зэреплъыр къигъэлъэгъуащ Къэрал Думэм Шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщынымрэ Iулъхьэм пэщIэтынымкIэ и комитетым хэт Щхьэгуэш Адэлбий. Абы къызэрилъытэмкIэ, Куржым и президентым Урысеймрэ езыр зи унафэщI къэралымрэ я зэхущытыкIэм теухуа и Iуэху еплъыкIэр нэхъ щабэ хъуащ. Зурабишвили икъукIэ ткIийуэ къыхущыту щытащ Урысейм, уеблэмэ, къехьэкI-нехьэкI хэмылъу абы жиIауэ щытащ ди къэралыр я «бийуэ» къызэрилъытэр.
«Иджы, Тыркум и президент Эрдоган и щапхъэм тету, Зурабишвили иджыри зы лъэбакъуэ ичын хуейщ - «Урысейр зэрыпхъуакIуэщ» зэрыжиIауэ щытам щхьэкIэ хуигъэгъуну къелъэIупхъэщ. ИтIанэщ урысей-куржы зэпсэлъэныгъэхэм я гугъу пщIы щыхъунур», - къелъытэ депутатым.
Щхьэгуэшым апхуэдэуи къыхигъэщащ къэралитIым яку дэлъу щыта зэхущытыкIэфIхэм хуэкIуэжыну Урысейр зэрыхьэзырыр икIи а зэпыщIэныгъэхэр зэIызыгъэхьар ди къэралыр зэрыармырар.
Нобэ
♦Залымыгъэ кIэлъызэрахьэу ягъэкIуэдахэм я фэеплъ махуэщ
♦Тэтэрстан Республикэм и махуэщ. 1990 гъэм Тэтэрстаным и къэрал суверенитетым теухуа декларацэр къащтащ.
♦Къэзахъстан Республикэм и Конституцэм и махуэщ
♦1703 гъэм Петербург и тхыдэм щыяпэу абы псыдзэ щIэуащ. Сыхьэт бжыгъэм къриубыдэу псым метритIым щIигъукIэ зыкъиIэтат.
♦1730 гъэм Черкасский Алексей пщым Невский Александр и орденыр къратащ.
♦1928 гъэм Неру Джавахарлал къигъэуващ Индиер Инджылызым и бжьым къыщIэкIыу къэрал щхьэхуит хъун хуейуэ. А махуэми Индием и щхьэхуитыныгъэм щIэбэныну лигэр къызэрагъэпэщауэ щытащ. Ауэ Индием и къэралыгъуэ щигъуэтар абы и ужькIэ илъэс тIощIым нэблагъэ дэкIауэщ - 1947 гъэрщ.
♦1918 гъэм Каплан Фанни иукIыну хэтащ Ленин (Ульянов) Владимир.
♦1943 гъэм советыдзэхэм Таганрог къалэр нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэхэм къыIэщIагъэкIыжащ. АбыкIэ зэфIэкIащ Ростов областыр хуит къэщIыжыныр.
♦1944 гъэм советыдзэхэр нэмыцэхэм яIыгъ Румынием и къалащхьэ Бухарест дыхьащ.
♦1963 гъэм Кремлымрэ (СССР) Унэ Хужьымрэ (США) занщIэу кIуэ телефон связкIэ зэпащIащ. Зым адрейм гурыщхъуэ хуищIу, зэрымыщIэкIэ а къэралхэм ядернэ зауэ ямыублэн мурадкIэт а унэхэр зэрызэпсэлъэн IэмэпсымэкIэ щIызэпащIар.
♦1966 гъэм СССР-м унафэ къыщащтащ Ерыскъыпхъэ къыщIэзыгъэкI промышленностым и лэжьакIуэхэм я махуэр гъэувыным теухуауэ. Абы къыщыгъэлъэгъуат ар илъэс къэс жэпуэгъуэм и ещанэ тхьэмахуэ махуэм ягъэлъэпIэну.
♦1991 гъэм Азербайджаныр къэрал щхьэхуэ зэрыхъуар хэIущIыIу ищIащ.
♦2006 гъэм Москва и метром и станцыщIэ - «Международная» зыфIащар - къызэIуахащ.
♦2007 гъэм Москва и метром и «Трубная» станцыщIэр къызэIуахащ.
♦2012 гъэм Москва и метром и «Новокосино» станцыщIэр къызэIуахащ.
♦1860 гъэм къалъхуащ урыс сурэтыщI цIэрыIуэ Левитан Исаак.
♦1871 гъэм къалъхуащ Инджылызым щыщ физик, ядернэ физикэмкIэ щIэныгъэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа, Нобель и саугъэтыр химиемкIэ зыхуагъэфэща Резерфорд Эрнест.
♦1933 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэм я доктор, бзэхэр щаджу Армавир дэт университетым и профессор, Кубаным щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Сэкий Нурдин.
♦1936 гъэм къалъхуащ медицинэм и доктор, Германием щыIэ Адыгэ Хасэм и лэжьыгъэм хэт Сэлихь (Уджыхъу) Ихьсан.
♦1941 гъэм къалъхуащ къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ Сыжажэ Валерий.
♦1954 гъэм къалъхуащ Беларусь Республикэм и президент Лукашенкэ Александр.
♦1958 гъэм къалъхуащ урысей журналист цIэрыIуэу, цIыхум и хуитыныгъэхэм я къыщхьэщыжакIуэу щыта Политковская Аннэ.
♦1961 гъэм къалъхуащ атлетикэ хьэлъэмкIэ спортым и мастер, УФ-м щIыхь зиIэ и гъэсакIуэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.
♦1981 гъэм къалъхуащ хьэрычэтыщIэ, юридическэ щIэныгъэхэм я кандидат Едыдж Едыдж.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 22 – 24-рэ, жэщым градус 13 – 15 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Зыбзым пабжьэм хедзэри, зыдым къыхехыж.
Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "694.txt"
} |
Си гъащIэ - си дуней
Анахайм и зыгъэпсэхупIэм уэрэд къыщызош.
ГукъэкIыжхэр
Артист, драматург цIэрыIуэ Мурат Чэпай Исмел и къуэр Адыгэ Республикэм щыщ Блашэпсынэ къэбэрдей къуажэм 1939 гъэм къыщалъхуащ, Мэзкуу дэт Театр гъуазджэм и къэрал институтыр, Адыгей къэрал пединститутыр къиухащ, театрым щылэжьащ. АР-м ЩэнхабзэмкIэ и министрым и япэ къуэдзэ къулыкъур зэрихьащ.
Мурат Чэпай и къалэмыпэм къыщIэкIащ «Батыр», «Фызабэхэр», «Анэм и гукъеуэ», «КъулыкъущIэкъухэр» драмэхэр, «Лъагъуныгъэм ириджэгуркъым» комедиер, ахэр Адыгей, Къэбэрдей къэрал театрхэм куэдрэ щагъэлъэгъуащ.
Муратым Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм, Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ я артист, Адыгейм и цIыхубэ артист цIэ лъапIэхэр къыфIащащ, Ар-м и къэрал саугъэтыр къыхуагъэфэщащ.
2013 гъэм дунейм ехыжащ. Иджыблагъэ Мейкъуапэ къыщыдэкIащ абы и гукъэкIыжхэр зэрыт «Си гъащIэ - си дуней» тхылъыр. Щыгъуазэ фыдощI Мурат Чэпай и гукъэкIыжхэм щыщ пычыгъуэхэм.
Мэзкуу дыщызэроцIыху
ЦIыхухэр зытехьэ гъуэгухэр зэщхькъым. Гъуэгу благъи гъуэгу жыжьи щыIэщ. КуэдкIэ зэщхьэщокI ахэр. Зыр гъуэгу захуэщ, адрейр нэшэкъашэщ. Зым гуапагъэ щыболъагъу, уи гур щыхэщI гъуэгуи урихьэлIэнущ. Уи жагъуэ уи щIасэми, утехьэнкIи мэхъу гъуэгум - уи лэжьапIэм къалэн къыпщащI, уи пщэ къыдалъхьэри. Мылъку щхьэкIэ гъуэгу техьэри мащIэкъым - зыгуэр къеуэлIэнкIэ мэгугъэри. Уи гурыгъыр щижынкIэ мэхъу апхуэдэ гъуэгум. Iэджэ къыщоуэлIэн уи гугъэурэ уокIу гъуэгур - насыпыншэ ущыхъуауэ укъыщIидзыжынкIэ мэхъу армыхъу. Уи анэм, уи адэм деж узышэж гъуэгур дахэщ, апхуэдэщ уи цIыхугъэхэм, уи ныбжьэгъухэм уахэзышэ гъуэгури. Ущыунэхъунур пщIэнукъым: ар къащыщIащ я хэкур ябгынауэ, я лъапсэр IэщIыб ящIауэ зэгуэр гъуэгу техьахэм.
МащIэ щIакъым абы лъандэрэ, итIани абыхэм я нэгу щIэт зэпытщ я хэкужьыр, я пщIыхьэпIэм хэкIыркъым. Дунейм текъухьа хъуащ ахэр, дэнэ щIыпIи ущрохьэлIэ иджы. Америкэр тпэжыжьэщ - абыи ущрихьэлIэнущ ди лъэпкъэгъухэм. Си гъуэгухэм ящыщ зым сахишащ абыхэм. Ар зи фIыгъэр Шыкъ Мухьэмэд-Хьидщ. Сэ ар сцIыхуртэкъым, си мынэIуасэми, сыщригъэблагъэм и хьэщIэщ сихьащ, гъуэгу жыжьэр зэпысчри. Си хъыбар щыгъуазэт езыр, си гугъу зэхихауэ; себлагъэмэ, фIэигъуэу къыщысхуитхым, згъэщIэхъуакъым. Шогуэ Самир щыхьэщIат ди хэкум, Америкэм, Калифорнием нэс къикIри. Самирщ си хъыбар хуэзыхьар, си гугъу хуэзыщIар.
Гъусэ дызэхуэхъуащ: уэрэджыIакIуэ ПащIэ Ленэ, пшынауэ Iэзэ Мэкъуауэ Мухьэмэд, журналист, тхакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, абы и щхьэгъусэ Дол Розэ. ХьэфIыцIэр къэрал куэдым щыIат, тхылъ зыбжанэ итхат хамэ щIыналъэхэм щыпсэу адыгэхэм, шэрджэс лIыщхьэхэм, гъуазджэм, литературэм я лэжьакIуэхэм, дзэпщхэм, къэрал лэжьакIуэшхуэхэм я гъащIэмрэ я IуэхущIафэхэмрэ теухуауэ.
Мэзкуу дыщызэIущIащ нэрыбгитхур, дызэрыцIыхуащ. Ди хъыбар зэхуэтIуэтэжащ. Гъуэгу жыжьэр къытщIэлъщ. абы, дауи, ухимыгъэплъапIэр иIэкъым.
Гъуэгу техьэ къытенэркъым
Гъуэгу ущытехьэкIэ узрихьэлIэнур пщIэнукъым, узыпэмыплъэххами уIууэнкIэ мэхъу. Ди ежьэгъуэр къэмыс щIыкIэ Мэзкуу дыщрихьэлIащ Иорданием и посольствэм и япэ секретарь Балъкъыз Мухьэмэд. Зыбжанэ щIащ абы СССР-м и щыхьэрым къулыкъу зэрыщищIэрэ, и къуитI щригъэджащ Мэзкуу. И щхьэгъусэ Сюзаннэ Къардэнхэ япхъущ, и адэшхуэр ди къуажэм, Блашэпсынэ, дэкIащ. Балъкъыз Мухьэмэд и унэр цIыху кIуапIэщ, куэд щызэблокI, гуапагъэ, хьэщIагъэ къыщрах. Балъкъызым и унэм ихьэ хьэщIэхэм ящыщ дыхъуащ дэри.
Адыгэ гупышхуэ дыщрихьэлIащ Балъкъызхэ. Зыр Бангладеш макIуэ, адрейр - Алжирым, дэ - Америкэм.
Балъкъызхэ я деж таксикIэ дыкIуати, зыр адрейм дыщыгугъыжурэ, Мэкъуауэ Мухьэмэд и пшынэр машинэм къредгъэнащ. Сыт иджы ди Iэмалыр? ХьэфIыцIэ Мухьэмэд мэшхыдэ: «Америкэм ущIашэр узэрыпшынауэм щхьэкIэщ, армырмэ хэт къыпхуэныкъуэр?» Балъкъызхэ я аккордеоныр къыдатынущ. Аккордеон я щыпэлъагъу Америкэм, абыи щыдгъуэтынущ аккордеон. Апхуэдэ щIэщхъу къызэрытщыщIами дигъэнэщхъеящ.
Москва зы таксомотор парк къыдэднакъым. Псоми дыпсэлъащ. ЩIыр зэгуэхури я кум дэхуащ пшынэр - дгъуэтыжакъым. «Иджы сыт дгъэкIуэдынур, зи чэзур хэт?» - догушыIэ, нэщхъыфIэ дыкъэхъужащи.
Америкэм укIуэным гугъуехь пыщIакъым, гугъу узыдехьыр билет къэпщэхунырщ. Абы мазэкIи упэплъэнкIэ мэхъу. ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и цIыхугъэт Граждан авиацэм и министрым и къуэдзэр, ар хэлIыфIыхьри, билет къытхудихащ.
Сыхьэтибгъурэ ныкъуэкIэ дытетащ гъуэгу. Кхъухьлъатэм и эконом классым исыр Америкэм щыщхэщ - дэ тхум нэмыщI. И пIалъэм дыщетIысэхащ Нью-Йорк, шэджагъуэ хъуауэ.
НэгъуэщI дуней
Кхъухьлъатэм дыкъикIащ. ДогъэщIагъуэ: къабзагъэрэ щхъуантIагъэрэ уи нэм къыIуидзэр, Iэуэлъауи и жьэ утIыпщауэ псалъи зэхэпхыркъым. ЦIыхур Iув щхьэкIэ, зэдыркъи зэжьэхэуи плъагъуркъым, нэмысрэ цIыхугъэрэщ ядэплъагъур. Ар сфIэгъэщIэгъуэнщи, зызоплъыхь, защызгъэнщIыркъым. Фыз макъ зэхэсхащ асыхьэтым. МэкIий фызыр - дызыщыгъуазэ бзэщ зэрыкIийр: «Чэзум сыхэвмыгъэт, сэ сешащ, си псэр поху, япэ сивгъэщи, сывутIыпщ!» ЦIыхубз бэвыр делэ хъуауэ къащыхъуагъэнщ: псори къоплъ, зыхуахьынур ящIэркъым. «СопIащIэ, япэ сивгъэщ!» - щIичэркъым абы. Зы цIыхухъу къехъурджэуащ, и жьэр щимыубыдыжыххэм: «Ди напэр тыбох, зэтепIэ уи тIуалэр, уи пIэ ит, чэзур къыплъысмэ, укъалъагъунщ!».
Адыгэм и псэлъафэщ: уи унэ зыщыгъаси, хасэм яхыхьэ. И къэрал исыжатэмэ, емыкIу къамыщIынкIи хъунт цIыху Iувым яхэгуауэ цIыхубз щэныншэр. Хамэ къэрал уихьауэ, щIыкIейуэ закъебгъэлъагъуныр къезэгъыркъым, дауи. ЕмыкIу къызэрумыхьыным упылъын хуейуэ къыптохуэ - аращ адыгэр дызыхуагъэIущари дызыщIапIыкIари…
Кхъухьлъатэм дыкъикIри, лъэбакъуэ лей дагъэчакъым: ди тхылъи ди хьэпшыпи щIэх дыдэ къыдатыжащ, гъуэгуми дыщагъэгъуэзащ. Абдежым адыгэбзэ къабзэ зэхыдох, транспаранти къыдолъагъу: «Адыгэхэр фыкъеблагъэ!» Къытпежьахэм дахэзэрыхьыжащ. Гъуэгу дытетауи дешауи пщIэнукъым - ар дигу къэкIыжыххэркъым, фIэхъусымрэ IэплIэ ешэкIымрэ кIэ яIэкъым.
Ди бысымым хъыбар дигъэщIакIэт Нью-Йорк дэс адыгэхэр къызэрытпежьэнумкIэ. Абы и Iыхьлыи, и благъи, и хэгъэреи къыщытпежьащ Нью-Йорк. Лос-Анджелес дылъэтэн хуейт адэкIэ - кхъухьлъатэ тедзапIэм щIэх дыдэ дынагъэсащ.
Аэропортым сыхьэт нэхъыбэ дыщыгувакъым: кхъухьлъатэм дитIысхьэри, гъуэгу дытехьэжащ. Километр минитху къызэднэкIа нэужь, Хы хуэмым и Iуфэм пэмыжыжьэ Лос-Анджелес дыщетIысэхащ. Адыгэ фащэкIэ хуэпауэ, цIыху щитIым щIигъу къыщытпежьащ абы. НэIуасэ тхуэхъуахэм ящыщщ Германием щыпсэу, Лос-Анджелес нэс нэкIуа ХьэщIэцIыкIу Аднан. ИужькIэ Аднан Кавказым къигъэзэжащ, Налшык щопсэу. Адыгэ хэкум къэкIуэрейуэ щытащ ар, телефильм куэд щытрихащ ди деж, абыхэм иджыри къэс зыщагъэнщIыркъым Америкэм щыпсэу адыгэхэм.
Аэропортым джэгушхуэ щытщIащ, куэдым нэIуасэ, хэгъэрей дахуэхъуащ. Лос-Анжелес пэжыжэкъым дыздэкIуэн хуей къалэр - адыгэхэм псэупIэ яхуэхъуар.
Анахайм
Мелуаным щIигъу цIыху щопсэу Анахайм къалэм, унагъуэ щиплIыр адыгэщ.
Шыкъ Мухьэмэд-Хьид и пщIантIэм дыдыхьащ, къалэм дынэсри. Нэху щыху ди нэбдзыпэ зэтетлъхьакъым, гъуэгу кIыхь къызэрызэпытчари дызэрешари къытфIэIуэхужкъым: Iэджэм щIоупщIэ унэм къыщIыхьэ-щIэкIыжхэр. Жьыи щIэи, цIыкIуи ини - Iэджэ къеблэгъащ ди бысымым деж. зыщагъэнщIыркъым хэкужьым къикIа хьэщIэхэм, куэдым щIоупщIэ, псалъэр зэпыумэ, уэрэдщ, къафэщ. Мазэ щитхащ Америкэм, япэ махуэр псом нэхърэ нэхъ гукъинэж сщыхъуауэ къысфIощI.
Адыгэхэр зыдэс къалэр Хы хуэмым и Iуфэм Iугуэшащ. Абы и уэрамхэр щхъуантIагъэм щIигъэнащ - Мейкъуапэ и уэрамхэр си нэгу къыщIагъэхьэжащ хы Iуфэм Iус къалэм и уэрам зыкъизыххэм. Къалэм щIыIэ щыхъуркъым зэи. Сочэ удыхьа хуэдэщ, жыг, къэкIыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр щыгъунэжщ. Хамэ щIыналъэм изэгъащ къалэм дэс адыгэхэр, ахэр Сирием, Иорданием, Тыркум, Израилым къикIащ. Лэжьыгъэ лъыхъуэурэ зыбжанэрэ зэхэзекIуэри, Калифорнием къыщызэтеувыIащ. АбыкIэ щыуа къысфIэщIыркъым ахэр. Къалэм нэхъыбэрэ узыщрихьэлIэ унэцIэхэм ящыщщ: Гъыш, Iэпыщ, Атэлыкъ, Шыкъ, КIэдыкIуей, Мэлгуэш, Шогуэ, Цей, Шурдым. Умар, Хьэгъур, Дыгъужь, Лъостэн, Джэтауэ, Хьэкъун, ЩауэпцIокъуэ, Нэгъуей, Куэшбей, нэгъуэщIхэми. УщрохьэлIэ ЕтIуанэ дунейпсо зауэм и ужькIэ хэкур зыбгынахэми - ахэр нэхъ мащIэщ, жьыфи къатеуакIэщ.
Нэхъыбэм езыхэм я унэ яIэжщ. ЛэжьапIэ уIутрэ унэ ухуей хъумэ, къэралым доллар минищэрэ щэ ныкъуэрэ, мин щитI къуитынущ - илъэс щэщI, илъэс щэ ныкъуэкIэ упшыныжын хуейуэ. Фэтэр щIэсхэри яхэтщ, мазэ фэтэрыпщIэр доллар миным нос. Я унэ ущIыхьэмэ, гу лъыботэ цIыхур зэрыхуэкъулейм. Я пщIантIэхэр удзыпцIэщ, къэкIыгъэ дахэхэр дэзщ. Пхъэщхьэмыщхьэ жыг закъуэтIакъуэщ пщIантIэхэм дэплъагъуэр, хадэхэкIхэрщ я хадэхэм думылъагъуэхэр: абыхэм хуэныкъуэкъым - тыкуэнхэм щIэзщ пхъэщхьэмыщхьи хадэхэкIи.
ЦIыхур нэхъ мащIэ хъуа нэужь, ди бысымым щыгъуазэ дищIащ мазэм и кIуэцIкIэ тщIэн хуеймрэ длэжьыпхъэмрэ. Драгъэблэгъэн я гуапэщ Iэджэм - абыхэм я жагъуэ пщIы хъунукъым. Шыкъ Мухьэмэд-Хьид дыпэрыуакъым: адыгэм зэрыжиIэщи, къэкIуэныр хьэщIэм и Iуэхущ, кIуэжыныр бысымым и Iуэхущ - адыгэр зытемыкI хабзэщ ар. Я Iэнэм фадэ зэзэмызэщ къыщытехъуэр: уигу пIэпихмэ, ефэ. Езыхэр фадэм дихьэхыркъым, ефэххэркъым - дэри аракъым гъуэгу дыкъыщIытехьар.
Япэ махуэм къызэрыджаIащи, къалэм дэт Адыгэ Хасэм драгъэблэгъэн мурад яIэщ. Хасэм и программэр дагъэлъэгъуащ, абы кърихьэлIэнут къалэм дэс адыгэхэр - я нэ къытхуокI псоми. Ди хъыбар дэни щыIуащ, дэр фIэкI Iуэхурэ дэлърэ ямыIэжми ярейщ. Дэри дигурэ ди щхьэрэ зэтелъщ: тлъэкI къэдгъэнэнукъым, я упщIэхэм жэуап еттыным дыхуэхьэзырщ, яфIэгъэщIэгъуэн хъун хъыбар Iэджэ зэрахуэтIуэтэным иужь дитынущ - аращ гъуэгуанэ кIыхь къыщIызэпытчар.
Умысакъмэ, ущIегъуэжынщ
Зи ужь дит Iуэхум зыщыхуэдгъэхьэзырым, дыкъэзыгъэнэщхъеин гуемыIу къытлъыкъуэкIащ: псыщIыIэ ефэщ, морожнэ тришхыхьыжри, ПащIэ Ленэ тэмакъыдзэ хъуащ. Уэрэд хужыIэжыркъым. ХьэфIыцIэ Мухьэмэд шхыдэнтэкъэ: «Фызыхуэсакъыж, маржэ, мыбы Iуэху фи пщэ дэлъу фыкъэкIуащ», - жеIэ. Сыт ди Iэмалыжт - дыIэмылыншэт. Адыгэ щIалэхэр, ди бысымыр гузэвэгъуэ хэхуащ, Ленэ дохутыр кърагъэплъащ, кърагъэIэзащ. Хуэм-хуэмурэ къызэфIагъэувэжащ.
Ди хабзэр зыханакъым Америкэм щыпсэу адыгэхэми: Iэнэр къэзыузэдыр бзылъхугъэхэращ. Абыхэм къытрагъэува шхыныгъуэхэр яфIэмащIэ хъуащ щIалэхэм: ежьэри бдзэжьей дэгъуэхэр къащэхуащ, ари къытралъхьащ Iэнэм. Ленэ хуаэрэзытэкъыми, ХьэфIыцIэ Мухьэмэд абы ириIуэкIащ: «Пщыхьэщхьэ къытпэплъэм фыщыгъуазэщ, бдзэжьей къупщхьэм фыхуэсакъ. Хасэшхуэр зэхыхьэнурэ драгъэблэгъэнущ, емыкIу къэтхь хъунукъым». Мухьэмэд ар щыжиIэм, сыкъыщитхъри - зэрыхъуари сщIэркъым - бдзэжьей къупщхьэм си тэмакъым зыхисащ. Зыри жысIакъым: зызыущэхури, Iэнэм сыкъыпэрыкIащ, гу зылъезмыгъатэурэ, унэм сыщIэкIри, пщIантIэм сыдыхьащ. ЕзмыщIа щыIэкъым, итIани си тэмакъым зыкъыхэзыса бдзэжьей къупщхьэм зигъэхъеякъым. Сыгузавэурэ, пщIэнтIэпсыр къызэкIуащ. Мухьэмэд и псалъэр си щхьэм икIыркъым, и макъ зэхызох; къысщыдыхьэшхынущ, къызэмышхыдэмэ. Сыхьэт хуэдиз згъэкIуащ апхуэдэурэ, пшапэ зэхэуэгъуэ хъуащ, концертым и щIэдзэгъуэр къоблагъэ. Сыт сщIами, бдзэжьей къупщхьэм сыхэзэгъакъым - узэгуэмыуд, плъэкIмэ. Дохутыр къезгъэшэнут, закъезгъащIэ хъунукъым армыхъу. Си гъусэхэм концертым зыхуагъэхьэзыращ. Машинэхэр къыIулъэдащ куэбжэм. Си Iуэху зытетыр хэт ищIэнт: закъезгъэщIакъым. Сопсчэ, псы софэ - зыри сэбэп къысхуэхъуркъым, бдзэжьей къупщхьэм гузэвэгъуэ сыхидзащи, си пIэ сизэгъэжыркъым. «ЗэрыхъуIамэ, хъунщ», - жысIэри, Мэкъуауэ Мухьэмэд сыкъеджащ. Пшынауэр къыздожьу, «Мэремыкъуэм и уэрэдыр» къыхэздзащи. Си жьэр ину щызэщIэсхым, бдзэжьей къупщхьэр къызэжьэдэлъэтыжащ. Жьыр схурикъу хъужащ, гупсэхугъуэ згъуэтыжащи, уэрэдыр изошажьэ. КъысщыщIар си гъусэхэм щахуэсIуатэм, я нэр къыстраубыдэри къызэплъащ. «Емынэм узэрихуэрэт!» - жаIагъэнщ абыхэм. «Умысакъмэ, ущIегъуэжынщ», - жысIащ сэ сигукIэ.
Ди лъэпкъэгъухэм я пащхьэм
Машинэхэм драгъэтIысхьэри «Мерриот» ресторан зыкъизыхым дашащ. ЦIыху мин хуэдиз щIэс хъунт абы. ЗэщыхуэпыкIауэ, адыгэ фащэ зыщыгъхэри яхэту, щызэхэсщ пэшышхуэм, гуп-гупурэ зэхэтIысхьауэ. Сценэр зыпэплъэр дэращ. Къыдбгъэдыхьэурэ ди Iэр къаубыд, къытщогуфIыкI нэхъыжьи нэхъыщIи, бзылъхугъи цIыхухъуи. ЗыкъыдагъэцIыхумэ я гуапэщ: зыр къэбэрдейщ, адрейр шапсыгъщ, абазэхэщ, хьэтыкъуейщ, бжьэдыгъущ. Зыщыщ адыгэ лъэпкъыр къыджаIэри, я унагъуэцIэхэми дыщагъэгъуазэ - дэтхэнэр уигу ибубыдэн? Дэри задогъэцIыху. Си цIэр щажесIэм, ягъэщIэгъуащ - Чэпай! СызэхащIыкIакъыми, я нэ къыстраубыдауэ къызоплъ. Си унэцIэр щIызгъужащ си цIэм - Мурат.
Щхьэж хуагъэнэхуа Iэнэм пэрытIысхьащ. Дэ, хьэщIэхэр, детIысэхакъым зэкIэ, сценэм гъунэгъу зыхуэтщIауэ дызэхэтщ. Зызоплъыхь, ди деж нэкIуауэ щыта ЩауэпцIокъуэ Къазбэч яхэслъэгъуэнкIэ согугъэри. Абы сыIуигъэщIэну Джэтауэ Самир селъэIуакIэт. Дакъикъэ заул нэхъ дэмыкIауэ, щIалэ екIу тхъуэплъышхуэ къызбгъэдыхьащ, си Iэр къиубыдри, фIэхъус къызихащ. УрысыбзэкIэщ псэлъэн зэрыщIидзар - ар зэригъэшэрыуэфыр къызгуригъэIуэн мурад иIауэ къыщIэкIынщ: «Сэ сы-Къазбэчщ. УзыгъэгумэщI щыIэ?» «Зыми сигъэгумэщIыркъым, - урысыбзэкIэщ сэри жэуап зэрестыжар. – Си нэ къыпхуикIырти, узэрыслъэгъуар си гуапэщ». Къазбэч къыпыгуфIыкIащ, абы зыри къыфIигъэкIакъым. Пщыхьэщхьэ зэхыхьэм и щIэдзэгъуэ хъуати, дызэбгъэдэкIыжащ Къазбэч сэрэ. Дыгъужь Алий сыбгъэдэтIысхьэн хуейти, си пIэ ситIысхьэжащ. Ар сэр нэхърэ нэхъыжьщ, Иорданием къикIащ.
Щым хъуащ цIыхухэр. Микрофоныр Агъашэ Мушир IэщIалъхьащ - ар абазэ щIалэщ, макъыфIэщ, пщыхьэщхьэ зэхыхьэр къызэIухыныр дзыхь щIыхуащIар арагъэнт.
- Фи пщыхьэщхьэ фIыуэ, гуп махуэ! Ди нэхъыжьым, Дыгъужь Алий, долъэIу: уи псалъэ дегъэдаIуэ!
И щхьэцым тхъугъэ хидзауэ, лIы екIущ Дыгъужь Алий. Микрофоныр иубыдами, псалъэм хуэпIэщIакъым, пэшышхуэм щIэсхэм яхэплъащ, итIанэщ и псалъэр щиублар.
- Ди шыпхъу дахэхэ, ди къуэш лъапIэхэ, ди хьэщIэ махуэхэ! Ныщхьэбэ дыщIызэхыхьар фэращ, ди хьэщIэ лъапIэхэ! ФIэхъус фэтхын, фытлъагъун щхьэкIэ! ФыкъызэрытхуэкIуар ди гуапэ дыдэщ. Нобэ хуэдэ зэхыхьэ Тхьэм дыщимыгъащIэ. ХьэщIэ лъапIэхэр фызэрытлъэгъуам, фыкъызэрытхуеблэгъам дыщогуфIыкI, фи мурадхэр Тхьэм къывигъэхъулIэ, Тхьэм къывдигъэхъу. Нэхъ щIэх-щIэхыурэ Тхьэм дызэIуигъащIэ, Тхьэм куэдрэ дызэхигъэхьэ! Псапэ къэфхьащ, нобэ фыкъытхыхьэри. Фи насып нэхъыбэ ухъу. Ныщхьэбэ мы зэIущIэм кърихьэлIахэми ди хьэщIэ лъапIэхэми гуащIэрэ гъащIэрэ Тхьэм къарит, нэхъыфIым Тхьэм фыхуишэ! Я нэ къыфхуикIми, мыбы къримыхьэлIаи щыIэщ, ахэри вгъэгуфIащ, вгъэгушхуащ. Ди хьэщIэхэр ди хэку лъапIэм къикIащ, аращ ди хьэщIэхэр псом щIалейр. Дуней жэнэтщ ди хэкужьыр, ди лъэпкъыр Къэукъасырщ къыщыхъуари щыпсэури. Ди хэкужьым и хъыбар куэд драгъэдаIуэ зэпытащ ди адэжьхэм. Дэ дылъэпкъ мащIэщ, ар щхьэусыгъуэкъым хэкужьыр фIыуэ плъагъун щхьэкIэ. Хэкужьым хуаIэ лъагъуныгъэрщ ди щIалэгъуалэм гуащIэрэ гугъэрэ къахэзылъхьэр. ХьэщIэ махуэ Тхьэм фытхуищI, псэукIэ дахэ Тхьэм къывит!
Дыгъужь Алий и лъэпкъкIэ бжьэдыгъущ, ауэ хьэщIэхэм къызэрыдэхъуэхъуар къэбэрдеибзэкIэщ. Ар згъэщIэгъуати, къэтIысыжа нэужь, Дыгъужь Алий сеупщIащ:
- Уи анэдэлъхубзэмкIэ щхьэ укъэмыпсэлъарэ, Алий? Уэ узэрыбжьэдыгъур сощIэ.
Жэуап къызитыжын и пэ Алий зымащIэкIэ зишыIащ. Щэху дыдэу къызжиIащ итIанэ:
- Абы сыхуиттэкъым. КъэбэрдеибзэкIэщ мыбы узэрыщыпсэлъэн хуейр.
Ар сфIэгъэщIэгъуэн дыдэ хъуащ, тIэкIуи сыкъэIэнкунащ. Пэжыр жыпIэнумэ, ныщхьэбэ къызэхуэсахэм я нэхъыбапIэр къэбэрдейт, псалъэ зылъысахэми яIурылъар къэбэрдеибзэщ, сэ зыращ пэшым кIахэ адыгэбзэкIэ къэпсэлъар.
Мушир ди цIэ къриIуэурэ даригъэцIыхуащ пэшым къыщызэхуэсахэм. ХьэщIэхэм чэзур къыщытлъысым, ХьэфIыцIэ Мухьэмэд микрофоным бгъэдыхьащ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIэкIэ фIэхъус ярихащ, и республикэм теухуауэ псалъэ яжриIащ, ди къэкIуэкIэ хъуам щыгъуазэ ищIащ. Мухьэмэд и ужькIэ чэзур сэ къыслъысати, си гумрэ си псэмрэ къыбгъэдэкI псалъэ жысIащ. ЯжесIащ ди ныбжьэгъухэм, ди хэку дахэм ис псоми я фIэхъус гуапэ къазэрыхуэсхьар, Адыгейм и лIыщхьэ Джарым Аслъэни сэлам къазэрырихыжыр, дунейм адыгэу тетым ар ехъулIэныгъэрэ зыужьыныгъэкIэ зэрахуэупсэр, хэкужьым ахэр зэи зэращымыгъупщэр.
Куэд къэпсэлъащ а пщыхьэщхьэм. Хэт къэпсалъэми яхуэмыухыр, ягу къеуэр, хэкужьым зэрыпэIэщIэрт, дунейм зэрытекъухьарт, гува-щIэхами я лъапсэ ягъуэтыжынкIэ зэрыгугъэрт. Апхуэдэ гугъэ зэраIэрщ абыхэм гуащIэ къыхэзылъхьэр, я лъэр щIэзыгъэкIыр. «Ди хэкужьыр дэ дымылъагъужми, ди щIэблэм ялъагъужынкIэ догугъэ» - а псалъэхэращ я бзэгупэм темыкIыр.
Шыкъ Мухьэмэд-Хьид и гъэсэнхэм итIанэ джэгур зэхаублащ. уи нэр къыпхутечыртэкъым адыгэ фащэ дахэр зэкIупс пщащэхэмрэ щауэхэмрэ я къафэм. Я къафэмкIэ къыбжаIэ хуэдэт абыхэм: «Ди хэку димысыжми, адыгагъи адыгэ фащи дгъэкIуэдакъым дэ, дыхуэсакъыущ а псор зэрытхъумэр, игъащIэкIи тхъумэнущ, пэIэщIэ дызыщIыфынрэ тщызыгъэгъупщэфынрэ зэи къэхъунукъым». Ар уи фIэщ мэхъу, абыхэм уахэплъэмэ.
ЛIэщIыгъуэм щIигъуащ адыгэхэм я хэкужьыр зэрырагъэбгынэрэ, дунейм текъухьа хъуащ шэрджэсхэм я нэхъыбапIэр, Iэджэрэ ихуащ кIуэдыпIэ. Ухэхэсыным нэхърэ нэхъ насыпыншагъэ щыIэнкIэ хъунукъым. Я бзэр, я хабзэхэр, я щэнхабзэр хамэ къэралым зэрыщахъумэфам щхьэкIэ фIыщIэ лей яхуэфащэщ нобэ дызыгъэхьэщIэ ди бысымхэм. Уи гур хохъуэ, уи щхьэр лъагэ мэхъу абыхэм уащыхэплъэкIэ. Хэхэс зэрыхъу лъандэрэ я нэгу Iэджэ щIэкIащ адыгэхэм - гуауи гугъуехьи, гукъутэгъуи нэщIэбжьи. А псоми къелащ адыгэхэр. Къелащ я гуащIэр инти, зэрыадыгэм иригушхуэрти, абы къару къахилъхьэрти. УрихьэлIэнкIэ хъуркъэ апхуэдэ къарум иримыгушхуэ, нэуфIыцIщхьэрыуэкIэ зэджэ цIыху къэплъэнэфхэм. Апхуэдэхэм къапэкIухьын хуейщ, нобэрей щIэблэм щапхъэ яхуэхъунукъым зи гугъу сщIыхэр.
Ди бысымхэм я концертым драгъэплъа нэужь, чэзур дэ къытлъысати, ПащIэ Ленэщ утыкум япэу ихьар. Ленэ и макъ дахэм итхьэкъуащ пэшышхуэм щIэс псори. Щым хъуауэ, бысымхэр йодаIуэ «ИстамбылакIуэм». Уи нэпсым къызэпежыхь а уэрэдыр щызэхэпхкIэ.
Макъ дахэ дыдэкIэ Тхьэр Ленэ къыхуэупсащ. Уэрэдым и закъуэкъым ПащIэм узэритхьэкъур, ар икIи актрисэ дэгъуэщ, сценэм ихьамэ, щIыкIафIэщ, удехьэх. Америкэм мазэкIэ дыщызэгъусати, гу лъыстащ: ПащIэ Ленэ сыт щыгъуи хуэхьэзырщ сценэмрэ уэрэдымрэ, аращ къызыхуигъэщIар, абы и уэрэдым гузэгъэгъуэ зримыта яхэслъэгъуакъым ди бысымхэм. «Ди Ленэ дахэ!» - аращ абы и уэрэдым едэIуахэм ящыщ дэтхэнэми жиIэр. ЦIыху щэныфIэщ езыр, цIыхугъэшхуэ дыболъагъу сытым щыгъуи - уэрамым ущригъусэми, Iэнэм ущыбгъэдэсым дежи.
Мэкъуауэ Мухьэмэдщи, пшынэр дахэ дыдэу егъэбзэрэбзэф, IэпэIэсэщ, уэрэдым щыдежьукIэ тIури - уэрэдри макъамэри - зэрегъэубыдыф, ахэр къызэдигъэщIауэщ къызэрыпфIигъэщIыр. Ар хузэфIокI пшынауэ Iэзэм - апхуэдэщ Мэкъуауэ Мухьэмэд.
Мухьэмэд и пшынэ макъым ди бысымхэр - «Мерриот»-м щIэс псори - зэщIиIэтащ, къигъэнэжэгужащ, хэкужьым нэс къиIукI макъ хуэдэущ ар концертым кърихьэлIахэм къазэрыщыхъуар. А пщыхьэщхьэм и ужькIи слъэгъуащ Мэкъуауэ Мухьэмэд цIыхур къызэрепщIыр: абы и къафэхэмрэ и пшыналъэхэмрэ магнитофонкIэ ятхри, зыгъэпсэхупIэ ирагъахуэркъым, дэнэ щримыхьэлIэми, щIалэгъуалэр абыкIэ къелъэIу зэпытщ.
Сэ уэрэдым сыхуэхейщ, абы сыкъыхуигъэщIакъым, итIани, си мыхьэмышхкъым ар, жысIэн сфIэфIщ. Хамэ къэрал щыпсэу адыгэхэм я деж сыщрихьэлIащ зыбжанэрэ: сэ жысIэ уэрэдхэр тхауэ зэрахьэ. Макъ щIагъуэ симыIэми, сэ жысIэ уэрэдхэр си гущIэм къоIукI, къару гуэркIи сузэдыну си гугъэщ. УэрэдкIэ схузэфIэкIынур сощIэж сэ, абы къыхуигъэщIахэм сехъуапсэ фIэкIа, сефыгъуэркъым. Си макъыра хьэмэ езы уэрэдхэра я гум дыхьэр - ар схузэхэхунукъым. ПцIыр сыткIэ щхьэпэ: сэ жысIэ уэрэдхэри куэдым ягу ирохь, щIэупщIэ яIэщ, хамэ къэралхэм щыпсэу адыгэхэр зэкъым-тIэукъым абыхэм къазэрыщIэупщIар. Сэ къызгуроIуэ: ахэр зыщIэупщIэр сэ жысIэ уэрэдхэракъым, зыщIэупщIэр я хэкужьырщ, абы и макъщ зызыщамыгъэнщIыр. Си уэрэдхэр мыпщIэгъуалэми, ди хэкум и макъ зэрызгъэIуфым сропагэ сэ, срогушхуэ си лъэпкъэгъухэм я гум жьы дезгъэхун зэрысхузэфIэкIым.
Ди зэIущIэм и кIэм иплъэным хуэпIащIэ щIэслъэгъуакъым а жэщым «Мерриот» шхапIэм. Жэщыбг хъуарэ пэт, я унэ ихьэжын мурад ямыIэ хуэдэщ псоми - я тхьэкIумэ тегъэхуауэ къыдодаIуэ, я нэр ттрагъэкIыркъым. Ди лъэпкъэгъухэм я закъуэкъым къыдэплъымрэ къыдэдаIуэмрэ: я Iуэхур къагъанэри, плъакIуэ къытхуэкIуащ рестораным и лэжьакIуэхэр, ахэри къытщогуфIыкI, нэIуасэ зыкъытхуащIыну я гуапэщ. Совет Союзым, Кавказ жыжьэм я хъыбар къыщIоупщIэ. Ди зэхэтыкIэри, ди джэгукIэри яфIэгъэщIэгъуэнщ американхэм. ЗызыщамыгъэнщIыххэр адыгэ фащэрщ, абы пэпщI хъун ялъэгъуакъым зэи. Ар фэрыщIыгъэкъым, ди гуапэ ящIын щхьэкIэкъым апхуэдэ псалъэ щIыжаIэр - абы гу лъумытапIэр иIэкъым. Видеокамерэр ягъэтIылъыркъым - дэ тхуэдэ ялъагъужыни ямылъагъужыни дяпэкIэ. Егъэлеяуэ яфIэгъэщIэгъуэныр черкесхэм далъагъу нэмысымрэ цIыхугъэмрэщ. ЦIыху щэныфIэщ езыхэри, хабзэ къыпкIэлъызэрахьэ, ямылей жаIауэ е ялэжьауэ плъагъунукъым.
«Мерриот» рестораным жэщыбг хъуху дыщызэхэтати, ешаи псалъэмакъыншэ хъуаи къытхэткъым. Жэщыр зэрыхэкIуэтар пщIэнущ, къалэм удэплъэмэ: машинэ закъуэтIакъуэщ гъуэгум теплъагъуэр.
И унэ ихьэжыным хуэпIащIэ яхэслъэгъуакъым цIыхухэм. Шыкъ Мухьэмэд-Хьид и пщIантIэм зы гуп дыдыхьэжащ, джэгур щыдублэжащ абдежи.
Нэхулъэ къищIауэщ бысымхэр щызэбгрыкIыжар. ЗезгъэщIа щхьэкIэ, жейм сыхилъафэркъым, бзухэм я макъым сыщIодэIури сыхэлъщ. Мазэ хъуреишхуэр къыдоплъ щхьэгъубжэм. Си нэгу къыщIоувэ си анэр. Дыгъуэпшыхь сызыхэтар ищIатэмэ, ар гуфIэнт, и нэбдзыпэ зэтрилъхьэмэ, сэрагъэнщ си анэ дыщэм и нэгу къыщIыхьэр.
Зэдэшхэ IэфIщ
Шыкъ Мухьэмэд-Хьидрэ Шогуэ Самиррэ программэр зэхалъхьагъэххэти, абы дригъуэзэн хуейуэ къыдаухылIащ. Пщэдджыжьышхэ дышхакъэ, драшажьэри къалэм дыкъыщрашэкI. ГъэщIэгъуэн Iэджэ щыплъагъунущ Анахайм. Я музейр сыт и уасэ! Уи нэр къыпхутехыркъым абы щIэлъ хьэпшыпхэм. США-м щыцIэрыIуэщ къалэ театрыр - абы шы щагъэджэгу, жыжьэ къикI зыплъыхьакIуэхэр щIэх-щIэхыурэ къызэкIэлъокIуэ.
Пщэдджыжьым дыщышхэр Шыкъхэ Мухьэмэд-хьидрэ Хьэятрэ и унэрщ. ПщIантIэр щIэращIэщ, зэлъыIухащ, къабзэлъабзэщ, удзыпцIэщ, зы хуэрэджей жыгышхуэ дэтщ. ПщIантIэр соткэ зыбгъупщI хуэдиз мэхъу. Сириеращ Мухьэмэд-Хьид къыщыхъуар, абыи щиIэщ унэ.
Унэгуащэр щIыкIафIэ дыдэщ, нэмысышхуэ зыхэлъ бзылъхугъэщ. ар Шогуэ Самир и шыпхъущ. Iэнэм къытригъэувэмрэ тшхымрэ фIэмащIэщ Хьэят. Iэнэм дыпэрытIысхьамэ, шхыныгъуэ тIощIым нэс къытрегъэувэ. Адыгэ шхыныгъуэхэри хьэрып шхыныгъуэхэри егъэхьэзыр унэгуащэм. Абы игу къеуэр а псор зэрыдмыгъэкIуэщIыфырщ. Унагъуэм ис псоми машинэ зырыз яIэщ, итIысхьи, къалэм дыхьэ – узыхуей щыбгъуэтынущ.
Пщэдджыжь Iэнэм дыпэрытIысхьамэ, ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ сэрэ япэ дыздэIэбэр шэ гъэпщтаращ, абы и ужькIэщ адрей шхыныгъуэхэм, пхъэщхьэмыщхьэм дыщынэсыр.
Дыкъэмытэджыж щIыкIэ пщIантIэм ди хэгъэрей гуэр къыдыхьамэ, ари гъусэ дощI - ди гуапэщ, ди щIасэщ, аращ «зэдэшхэ IэфIщ», - щIыжаIар.
Iэнэм дыкъыпэрыкIыжамэ, драшажьэ – дымылъэгъуар дагъэлъагъун, дымыщIэм щыгъуазэ дыхуащIын щхьэкIэ.
(КъыкIэлъыкIуэнущ).
Гъуэгу техьа гупыр. 1989 гъэ
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "695.txt"
} |
Мэрем пшыхь
Хъыбар цIыкIухэр
Езым къыфIэIуэху?
Ди къуажэ щыщу сиIэщ сэ цIыхугъэ гуэр. Жылэм сыдыхьэжыхукIэ, абы жиIэу зэхызох: «Хабзэ щыIэжкъым, нэмысращи - пихыжащ, ди щIэблэр кIуэдащ, нэхъыжьхэм, адэ-анэхэм пщIэ лъэпкъ димыIэжу дыкъызэханащ. ЩIалэгъуалэр кхъэм ихьэмэ, лIар къафIэмыIуэху хъыбар яIуатэри итщ…» Сыт пэздзыжын, «Пэжщ, пэжщ» жызоIэри сыблокI. Ауэ хабзэм апхуэдизу тепсэлъыхь лIым и адэ-анэм я кхъащхьэр зыхуэдэр плъагъумэ, абы и псалъэхэр фэрыщIу къыпщохъу. Сынхэр банэмрэ пабжьэмрэ щIагъэнэжащ. Ар зэ закъуэ нэхъ мыхъуми игъэкъэбзауэ си фIэщ хъуркъым.
Хьэлэл хуэхъуну пIэрэ?
Ельциным и зэманыгъуэу пенсиер, улахуэр мазэ бжыгъэкIэ щамыт лъэхъэнэрт. Ди къуажэм щыщ Хьэжмурид шкIэ, танэ цIыкIу хьэблэм, къуажэм къыщищэхурт, домбей хъухукIэ игъашхэрти, лъапIэу ищэжырт. Зы махуэ гуэрым абы и деж къыщIохьэ и гъунэгъур, и къуэм къишарэ ахъшэ къыздрихын имыщIэу гузавэу. «КхъыIэ, жи, ахъшэ щIыхуэ къызэт». АрщхьэкIэ дэнэт? - сиIэкъым жери модрейм зытригъэхьэркъым. «НтIэ, - жи, си танэр щэху».
Ар щызэхихым, Хьэжмурид и гур къогуфIыкI. Зыкъом щIауэ ар ехъуапсэрт и гъунэгъум и танэм. АрщхьэкIэ «къызэщэ» жриIатэкъым, «игъэлъапIэмэ» жери.
- ЛIо зэрызбгъэщIынур? - и гъунэгъум дежкIэ йоплъэкI Хьэжмурид. - Мобдей щIэтхэр схуэгъашхэркъым.
ЛъэIуакIуэ къэкIуам и щхьэр къыфIоху:
- Хъунщ-тIэ, - жи бысымым, - сыхуэмейми, уи Iуэху дэзгъэкIын щхьэкIэ къыпIысхынщ. ИкIи къызэрищэхуну уасэр зыхуэдизыр жреIэ.
- Iагъу! - къопсалъэ гъунэгъур. - А жыхуэпIэр уасэ ныкъуэщ. АпхуэдитI къуатынущ танэм.
- Къуатынумэ, си дей укъыщIэкIуар сыт? Щэ!
Гъунэгъур зыкъомрэ щысщ-щысри арэзы хъуащ уасэ ныкъуэмкIэ танэр итыну. Сыт ищIэнт, нэгъуэщI хэкIыпIэ иIэтэкъым.
Иужьым «Си гъунэгъум мыр есщIат», - жери и благъэхэм ар яхуиIуэтэжащ. Ауэ Хьэжмурид абы къыщIихар хьэлэл хуэхъуну пIэрэт?
Саут СулътIан.
Сабийхэм я бзэкIэ
ЦIыкIу ухъужмэ…
Динэ цIыкIу нэщхъей хъуауэ, и дзэ Iухуар адэшхуэм ирегъэлъагъу:
- Дадэ, си дзэр Iухуащ.
- Ар ягъэ кIынукъым, си хъыджэбз цIыкIу, дзэщIэ къэкIыжынущ, - жеIэ адэшхуэм.
- Уэри къыпIукIэжыну, дадэ?
- Хьэуэ, КIуцэ, сэ лIыжь сыхъуащ.
- КъыпIукIэжынущ, дадэ, уэри цIыкIу ухъужмэ.
Куэбжэмрэ уафэмрэ зэщхьщ
Динэ цIыкIу и адэшхуэм и гъусэу куэбжэпэм Iут тетIысхьэпIэм тест.
- Дадэ, дадэ, еплъыт! - и Iэпэр еший уафэмкIэ.
Дадэ дэплъеящ уафэм, арщхьэкIэ зыри къыхуэлъэгъуакъым.
- Сыт сызэплъынур, си хъыджэбз цIыкIу? Зыри слъагъуркъым.
- Унэфу ара, дадэ? Ди куэбжэмрэ уафэмрэ зэщхьу зэрылар щхьэ умылъагъурэ?.
Шыгъушэ Алий.
Тхьэмбылыр къыщыпIэрыхьа
махуэр зэхудипIалъэщ
Ауан
Къуажэ псом къацIыхуу ди хьэблэм лIыжьищ дэсащ: Хьэжсуф, Хьэжкъасым, Хьэждаут. Я дуней тетыкIэкIи я хьэл-щэнкIи псоми къахэщырт ахэр. ГушыIэ дахэ яхэлът, таурыхъ, псысэ, хъыбарыжь куэд ящIэрт. «Гуп зыгъэгупыр гуп и уасэщ» зыхужаIэм хуэдэт а щыр. Жьыми щIэми ядекIурти, ахэр зыхэмыт Iуэхур мыхъуауэ къалъытэрт.
Хабзэ яхуэхъуауэ, а зэныбжьэгъуищыр зэман-зэманкIэрэ Хьэжнэгъуей и шхапIэм щызэхуэсырти, угушыIэнумэ, къеблагъэ… Апхуэдэ зэхуэсхэр зыхилъхьэ щыIэтэкъым Хьэжнэгъуей, абыхэм къабгъэдэтIысхьэрти, «и тхьэкIумитIыр тегъэхуауэ» жаIэм едаIуэрт. Езы Хьэжнэгъуеи гушыIэн тIэкIури и жагъуэтэкъым, лIыжьхэми ар ящIэрти, тIэкIу нэжэгужэ зэрыгъэхъуа иужь: «ИIэт, Хьэжнэгъуей, чэзур ууейщ, зы хъыбарыжь дыкъегъэдаIуэт», - жаIэрт. Мыдрейр зыхуеиххэр аратэкъэ, хэгъэзыхьи и Iуэхум хэмылъу къыщIидзэрти, ирикъутэкIырт. И щхьэ щытхъужыныр хьэл мыгъуэу хэлът абы, имыцIыхурэ хузэфIэмыкIрэ щымыIэу жиIэрт. «Уи быныр еджапIэ нэхъыщхьэ щIэбгъэтIысхьэнумэ, IэнатIэ бгъэувынумэ, Хьэжнэгъуей зэхегъэх закъуэ - Iуэхур къохъулIауэ бжы», - жаIэрт ауану.
Арати, зыкъом дэкIауэ ди гушыIэрейхэм Хьэжнэгъуей хъыбар ирагъэщIащ ныщхьэбэ дынокIуэ жари. «Фи хъыбар зыкъом щIауэ зэхэсхакъым, сигу фыкъэкIат. Хъарзынэкъэ фыкъакIуэмэ! Дыхьэзырщ, ди гуапэщ, фыкъеблагъэ». Арати, лIыжьхэр зэрызэгурыIуам хуэдэу, пщыхьэщхьэхуегъэзэкIыу Хьэжнэгъуей и шхапIэм еблэгъащ. ПщIэ къахуищIуи ахэр иригъэблэгъащ Хьэжнэгъуей, Iэнэ екIури къахуигъэуври, гушыIэжхэу сыхьэт зыбжанэкIэ зэбгъэдэсащ.
- «Ебгъэлеймэ, къреху» жыхуаIэращ. Хъарзынэу дыщысащ, ефэнкIи-шхэнкIи тлъэкI къэдгъэнакъым, иджы дежьэжынщ. Упсэу, Хьэжнэгъуей, пщIэ къытхуэпщIащ, - жиIащ зэныбжьэгъухэм я нэхъыжь Хьэждаут.
- Тхьэр арэзы къыфхухъу! Сытым дежи фэркIэ си бжэр зэIухащ. Фызыхуей, фызыхуэныкъуэ щыIэмэ, къызжефIэ закъуэ - пIалъэ къыхэзгъэкIынкъым, - пидзыжащ Хьэжнэгъуей.
Абдежым Хьэжкъасым абы дэгушыIэну мурад ищIри, занщIэу Хьэждаут зыхуигъэзащ:
- Уа, уи щхьэгъусэ сымаджэр дауэ щыт? Сыт дохутырхэм жаIэр?
- Уэлэхьи, Iуэхур мыщIагъуэ, - пидзыжащ абы Хьэждаут, и ныбжьэгъум и мурадыр къыгурыIуэри. - Кенгурум и тхьэмбыл ишхамэ, хъужыну жаIэ дохутырхэм!
- Кенгурум и тхьэмбыл жыфIа? - зэпиудащ ахэр Хьэжнэгъуей. - Зэ фымыпIащIэт, модэ тхылъымпIэ напэм тезвгъатхэ ар. Уэлэхьи, пщэдей нэху сыкъызэрекIыу, абы фIэкIа Iуэху сымыщIэн. ЛыхэкIхэр щызэрахьэ IуэхущIапIэм и унафэщIым и деж сыкIуэнщи, ар абы яIэххэмэ къыпхуэзгъэсынщ. ЗыгуэркIэ щымыIэмэ, къашэну унафэ яхуэсщIынщ. Умыгузавэ, кенгурум и тхьэмбылыр фиIэу фыбж.
Арати, сэлам зэрахыжщ, «кенгурум и тхьэмбылыр къыщыпIэрыхьа махуэр зэхудипIалъэщ», - жаIэри зэбгрыкIыжащ.
Пщыбий СулътIан.
Дыкъэзыухъуреихь дунейр
СыткIэ сэбэп, сыткIэ зэран?
Бэдж ялъэгъуамэ е къатетIысхьамэ, цIыхухэм я нэхъыбэр мэшынэ, зызэхуашэ, нэхъ псынщIэу зэрызытрадзыжыным, зэрапIытIыным пылъхэщ. Ар щыуагъэщ. А хьэпщхупщыр цIыхухэм дежкIэ мыIуплъэгъуафIэу, гущыкIыгъуэу къытщыхъуныр къызыхэкIыр абы лъакъуий зэрыщIэтым и мызакъуэу, и щхьэ хуэхъурейр зэредмыгъэкIур, и Iэпкълъэпкъыр мыдахэу зэрыщытрагъэнщ. ИтIанэ, псори дызэрегупсысыр абы щхъухь зэрихьэ хуэдэущ, ущымэхъэшэн хуейуэщ. Ди щIыпIэм щыпсэу бэджхэм уащIыщыщтэн щыIэкъым, абыхэм ущIэшынэн ябгъэдэлъкъым.
Абыхэм я бэджыхъыр-щэ? Ари Iумпэм ящI, унэм апхуэдэ кIэрылъу ялъэгъуамэ, унэгуащэр IэфIейлъэфIейуэ, хуэмыхуу ябж. Бэджыхъыр бдзэжьеящэм и хъым хуэдэщ, бэджым и шхын къызэриубыд, зэрызекIуэ лъэмыжщ. Мэзым, пабжьэхэм, жыгхэм яфIэлъ бэджыхъхэм пщэдджыжь уэсэпсым деж уеплъыну дахащэщ. Абыхэм ещхь тхыпхъэщIыпхъэ телъыджэхэр зыщIыфын гъуэтыгъуейщ. ЩэкIыр нэхъ Iэзэ дыдэу хэзыдыкIхэм е сурэтыщIхэм апхуэдэ яхуэщIыну е яхуэтхыну фIэщщIыгъуейщ.
Къызыщывгъэхъут дыкъэзыухъуреихь дунейм бэджу хъуар текIуэдыкIыжауэ. Зэман кIэщIым и кIуэцIкIэ дэ бадзэм, аргъуейм, хъуным, гъудэм дызэщIащтэнти.
Бэджхэр зэмыфэгъу лъэпкъыгъуэу миным ноблагъэ. Абыхэм яхэтщ нэм къимыщтэ цIыкIунитIэхэри, дзыгъуэхэр, жумэрэнхэр къэзыубыдыфхэри, ахэр зи шхыныгъуэхэри. А хьэпщхупщхэр икъукIэ зэмыщхьу щытми, псори гъэщIэгъуэнщ икIи сэбэпщ.
Ди щIыпIэм щыIэ бэджхэр унэми, жыгми, къыфIэбгъэкIмэ, псыми щопсэу. Абыхэм уащIыщышынэн щыIэкъым. Бэджыхъхэр лъэныкъуитIкIэ зэпэщIэхауэ щаухуи къохъу. Ар къызыхэкIыр зым икIыу адрейм зэрылъэфырщ. А хьэпщхупщыр адрей гъудэбадзэ лъэпкъхэм ящыщу нэхъ жыжьэ дыдэ пкIэфхэм хабжэ.
Абы и Iэщэ нэхъыщхьэр и щхъухьырщ. Пэжщ, а щхъухьымкIэ зылъэIэсар иукIыркъым, атIэ и Iэпкълъэпкъыр къыдэмыбзэжу заулкIэ и пIэм ирегъэжыхь. ГъэщIэгъуэныракъэ, бэджым псэхэлIэ хъуа ишхыркъым, и щхъухьыр зыхиутIыпщхьа, ауэ зи псэр хэмыкIам илщ шхыныгъуэ ищIыр. Бэджхэр здэщымыIэр дунейр щыщIыIэ дыдэ уэсылъэхэрщ. Ди деж урысхэр «крестовик»-кIэ» зэджэм нэхъ ущрохьэлIэ, абы и щIыбым, пэж дыдэу, жор тедзауэ щытщ. ИкIи абы цIыхухэр щошынэ.
«Голомед»-кIэ» зэджэ бэдж цIыкIум ущрихьэлIэр псыпцIэхэрщ, гуэлхэрщ. Ар псым щIилъафэркъым икIи итхьэлэркъым, уеблэмэ псыфи хъуркъым.
«ИныжькIэ» зэджэ бэджыр псыми щIыми щопсэуф. Абы дэтхэнэ зы Iэуэлъауэри занщIэу зыхещIэ. Зэщэр гъунэгъу къыхуэхъуа нэужь, хуумыгъэфэщэну апхуэдизкIэ псынщIэу мапкIэри, зэщэкIуар зыIэрегъэхьэ. А бэдж лъэпкъым бий куэд иIэщ: хьэIуцыдзхэр, бажэхэр, уеблэмэ дыгъужьхэр хуэлъэщ. Ауэ бэдж иныжьыр а шынагъуэ псоми хуэхьэзырщ, абы и лъакъуэхэм тет цы цIыкIухэр щхъухькIэ гъэнщIащ. АбыхэмкIэ, ухуеймэ, шыи ириукIыфынущ. «Дыгъужь»-кIэ» зэджэ бэджым зэщакIуэр занщIэу къеубыд, и гъуэм ирелъафэри, бэджыхъхэмкIэ къегъэбыдэж. А хьэпщхупщ лъэпкъыгъуэр псынщIэу зэрогъэбагъуэ. Бэдж шырхэр нэм къимыщтэу цIыкIунитIэщ, гъэщIэгъуэну анэм и Iэпкълъэпкъым кIэропщIэ. А цIыкIухэр анэм зэригъашхэр и IупсымкIэщ. Ахэр псынщIэу хохъуэ, махуэ куэд дэмыкIыу я щхьэ Iуэху зэрахуэжыф мэхъу.
Австралием щыпсэу бэдж плъыжьыр адрейхэм къащхьэщокI бэдж анэм и джэдыкIэхэр бэдж адэм и щIыфэм щигъэтIылъу зэрыщIиуфэжымкIэ.
ЦIыхухэмкIэ нэхъ шынагъуэ дыдэу ябжхэм ящыщщ «тарантул»-кIэ, «фызабэ фIыцIэкIэ» зэджэхэр. Тарантулхэм нэхъыбэу ущрихьэлIэр Европэм и ипщэрабгъу лъэныкъуэхэращ. Ар зэдзэкъа цIыхур иукIынукъым, ауэ и лъакъуэхэр къыщIэмыувэжу (паралич жыхуиIэщ) ещI. А щхъухьым утекIуэн папщIэ, куэдрэ умыувыIэу укъэфэн хуейуэ испанхэм ябж - пщIэнтIэпсым и гъусэу, щхъухьыр къыпхэкIын папщIэ. Къафэ щыIэщ тарантелэкIэ еджэу, бэдж зэмыдзэкъахэри яфIэфIу кърифэу.
ЦIыхухэмкIэ нэхъ шынагъуэ дыдэу щыIэр «фызабэ фIыцIэ» жыхуаIэрщ. Абы и щхъухьыр блэм ейм нэхърэ хуэдэ пщыкIутхукIэ нэхъ гуащIэщ. Ар зэдзэкъам хуэш къыхохьэ, уеблэмэ трегъэлIыкI. Апхуэдэ бэдж зэдзэкъар щилIыкIи щыIэщ. Мыбы «фызабэ фIыцIэкIэ» щIеджэр, бэджыхъум нэхърэ хуэдэ тIощIкIэ нэхъ инщ, фIыцIабзэщи аращ. ЩIэжьей хъун къыкIэрыпщIа нэужь, и гъуса хъур ешхыж. Зэ къишыгъуэм мыбы дунейм къытреутIыпщхьэф щэм нэблагъэ.
Мыхэр щыпсэур дэ тпэжыжьэ дыгъапIэ, дунейр щынэхъ хуабэ щIыпIэхэрщ. Ахэр япэ зрагъэщу цIыхум къытеуэркъым. Апхуэдэ къыщыхъур бэджым шынагъэ къащыкIэщIэзэрыхьам е ягъэкIуэдыну яужь къыщихьахэм дежщ.
Дэ ди щIыналъэм щыIэ бэджхэр нэхъ щыбагъуэр бжьыхьэрщ. Бэдж шырхэм бжьыхьэ уэфIкIэ зэджэм и зэманым ирихьэлIэу заужь, балигъ гъащIэм зыхуагъэхьэзыру щIадзэ.
Коммодов Геннадий.
Гупсысэр - псалъэкIэ
Дакъикъитху
Дакъикъитху… Сыту мыхьэнэшхуэ яIэ а дакъикъитхум… Дакъикъитху узэрыслъэгъуам, сызэрынопсэлъам, сызэрыббгъэдэтам! Сыту сыпхуэзэшат…
Нобэ узблэкIащ, гу къыслъумытэу, сыныпхуеплъэкIыу, сыпщыгуфIыкIыу, си гур къигъыкIыу…
Сумылъэгъуарэ, сыкъэплъагъуну ухуэмеярэ? СщIэну сыхуейуэ пIэрэ сэ а упщIэхэм я жэуапхэр?
УкъеплъэкIатэмэ-щэ? Укъызбгъэдыхьатэмэ… Сытыт къызжепIэнур?
Адрей ди зэIущIэ кIэщIхэм хуэдэу укъысщIэупщIэнт, укъысхуэгуфIэнт, сэлам гуапэу къызэпхыжынти… сыпкIэлъыплъу сыкъэбгъанэу уежьэжынт…
ПхуэсщIауэ пIэрэ гухэлъ?
Хьэуэ, пасэщ! Ауэ си гум хуабагъэ къыщыуш къудейуэ аращ…
Сыту пIэрэ-тIэ а хуабагъэ къэушыну хуейр зыхуэпабгъэр, зыщыгугъыр?..
Ар щогугъ зыIущIа, зыпэплъа, зыхуэплъа цIыху куэдым уэ уемыщхьу укъыщIэкIыну… А хуэбагъэр мыухыжу щызыгъэтын гухэлъ хуэпщIыну…
Дакъикъитху… Сыту фIыуэ дызэблагъэкIат а дакъикъитхум. Аргуэру зы гугъэ нэпцI къызыхуагъэушыну псэр къезыгъэла дакъикъитху…
Сыту сахуэныкъуэ сэ а дакъикъитхум… Псэр хуабагъэкIэ зыгъэнщIыфынум… УкъызэрысщIэупщIэнум… УкъызэрысщыгуфIыкIыну … Сэлам къызэпхыжу аргуэру гъащIэр IэфIыпс къысщызыгъэхъу гугъэ нэпцIхэр къэзыгъэщIынум… Iэнкуну сыкъэбгъанэу узэрежьэжынум ихьыну дакъикъитхум…
Щоджэн Залинэ.
Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "696.txt"
} |
ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 75-рэ щрикъум ирихьэлIэу
Ажалым къызыпикIухьа
Яхэгуауэ Михаил КъуэкIыпIэ Жыжьэм къулыкъу щищIэрт. Зауэр къэхъейри, сэлэтхэр абыкIэ куэдрэ щаIыгъыжакъым. МафIэгухэм къра-гъэтIысхьэри, дыгъэ къухьэпIэмкIэ къыдрашеижащ. А гъуэгуанэ кIыхьым зэрыщыгувар хыумыбжэмэ, Хэку зауэшхуэр екIуэкIыху Яхэгуауэр миномет батареем связисту хэтащ.
1943 гъэм ар щозауэ Курск деж. ЛъэныкъуитIымкIи танк минхэр щызэпэщIэувауэ къызэрекъутэххэрт. Совет Iэщэр фашистхэм ейм зэрефIэ-кIыр абдеж наIуэ щыхъуащ. Ди минометхэми лъэкI къыщагъэнакъым - жыр машинэ Iэджэ хьэбэсабэ ящIащ.
«АтIэ Яхэгуауэр сыткIэ къэсэбэпа, топ зыгъауэхэм яхэмытамэ, танк ису ебгъэрыкIуахэми ящымыщамэ?» - жиIэу щIэупщIэн гуэри къыхэкIынщ. Ауэ фронтым Iутар фIыуэ щыгъуазэщ дэнэ деж къыщахьа текIуэныгъэми связистхэм я фIыщIэ зэрыхэлъыр.
Зауэр и гуащIэгъуэу екIуэкIыу нэхъ щIыпIэ шынагъуэ дыдэхэм кIуэурэ кIапсэхэр зэпищIэжыну къыхуихуащ Псыгуэнсу щIалэм. Биишэр и хъуреягъкIэ къыщыпIэнкIыу, зэм пщыуэ, зэми къыщылъэтрэ жэуэ связыр щызэпыуда щIыпIэр къихутэрт икIи зэригъэзэхуэжырт.
Ари къыщыхъуар Курск дежщ. Зэхэуэр зэщIэплъауэ полкым и батареемрэ унафэщIхэмрэ зэмыпсэлъэжыф хъуащ. Топхэм заущэхуащ. Ахэр нэуфIыцIщхьэрыуэу ягъауэркъым - ууейхэм удын ятебдзэнкIэ шынагъуэщ… Яхэгуауэ Мышэ щIэпхъуащ, губгъуэм кIуэцIрыша кIапсэр иубыдри. Ауэ ар куэдрэ ягъэжакъым. Нэмыцэхэр гъунэгъу дыдэу къепщылIауэ къыщIэкIати, шэ къытрагъэлъалъэхэм адыгэлIыр щIым ираIулIащ, и щхьэр кърамыгъэIэту.
Къуацэ зэрыт къуэм нэсыным зэ илъыгъуэт къыхуэнар - абдежым биишэхэр къыщылъэIэсыжынутэкъым. Яхэгуауэм и ныбжьэгъу Болотов Захар къыкIэлъыджащ: «Мишэ, къэгъазэ», - жиIэу. ИкIи фашистхэр абы трагъэплъэкъукIыу и щIыбагъымкIэ автомат уэ макъхэр къыщыIуащ. Къигъэзэжами хъунут, ауэ ар и щхьэм трилъхьакъым, «бийхэм саIэпыхуащ иджы» щыжиIэм, къыщылъэтри жэрыгъэкIэ метрипщI хуэдэ ижащ, аргуэру щIым зыхидзэжащ. Иджы Яхэгуауэм зызыкъуигъэпщкIуэн щыIэт - джабэ нэпкъ цIыкIумрэ къуацэ-чыцэмрэ къахъумэрт. КъиIэбэрэбыхьурэ Мышэ кIапсэр къигъуэтыжащ икIи ар здэшэщIамкIэ езыри пщыуэрэ щызэпыуда щIыпIэм нэсащ. КIапсэр зэпищIэжыну хунэса къудейт фашистхэр абдежым къыщеуам. И гъунэгъуу къыщыуа лагъымым джабэ тIэкIум къыкIэриуда щIыр абы къытрипIэжащ. Езым ягъэ екIатэкъым. ЩIы къытрипIам къыхэпщыжри, абы лъэныкъуэ зригъэзащ…
БжьыхьэхуегъэзэкI хъуауэ ди дзэхэр Днепр екIуэлIащ. Оболонье къуажэм пэгъунэгъуу щекIуэкIа зауэ гуащIэм лIыгъэшхуэ щызэрихьащ Яхэгуауэм. 360-нэ фочауэ полкым и миномет батареем и ефрейторым дамыгъэ лъапIэ къызэрырата тхылъым иратхащ: «ЩIыпIищым кIапсэр щызэпыудауэ къехутэ ефрейтор Яхэгуауэм. Биишэхэр а щIыпIэм къызэрытелъалъэр илъагъу пэтми, и псэм емыблэжу псынщIэу связыр зэфIигъэувэжыфащ, абы и сэбэпкIи миномет батареем хузэфIэкIащ бийм и мафIэр зэтезыIыгъэ удын иридзыжын. Зауэр здекIуэкIым аргуэру Яхэгуауэ Михаил къихутащ кIапсэр зэрызэпыудар, ауэ ар щызэпыча щIыпIэр иджыри бийм иIыгът. Абы щыгъуи шынакъым Яхэгуауэр - кIапсэр зэпищIэжыну ежьащ. ЩIалэ хахуэм гъуэгум фашист зауэлIитху къыщыхуэзати, зы къэмынэу зэтриукIащ, связри зэфIигъэувэжащ. Бийм еуэну батареем аргуэру Iэмал игъуэтыжащ…».
Днепр япэу зэпрыкIа зауэлI гупым яхэтащ Яхэгуауэр. Связыр къызэрызэригъэпэщыжыну кIапсэхэри Iэмэпсымэхэри здызэпришат. Псым зэпрыкIахэм къебгъэрыкIуа бий куэдым зыщахъумэжын хуей щыхъум - Яхэгуауэми, къыпэщыта къалэныр зэфIигъэкIауэ, Днепр и сэмэгурабгъур къреджэ икIи топхэмкIэ фашистхэм нэхъ щеуэну щIыпIэхэмкIэ дзэ унафэщIхэм хъыбар ярегъащIэ. Ижьырабгъу ныджэм бийм къыщиухъуреихьа дзэ пакIэр къелынтэкъым, адрей псы Iуфэм хуаIа пыщIэныгъэр зэпыуамэ. Ар зэпигъэуакъым адыгэлI хахуэм - Днепр псышхуэм къызэприша кIапсэр щызэпыуд къэхъуами, кIыхьлIыхь зимыщIу зэпищIэжыфащ икIи совет зауэлIхэр Днепр зэпрыкIынымкIэ дэIэпыкъуэгъушхуэ хъуащ.
УIэгъэ хьэлъэу а зауэм къыIуашыжат Яхэгуауэр. УIэгъэщми щIэлъащ. Ауэ нэхъыфI зэрыхъуу зауэм яфIыIухьэжащ. И унагъуэ хыхьэжа хуэдэт зауэр зэрыщIидзэрэ зыщIыгъуахэм я деж щынэсыжам. «Ди Мишэ, лъапэ махуэ къыухьэжьэж», - жаIэу къаувыхьауэ IэплIэ къыхуащIырт, гуфIэщахэу хэт тутын къыхуишийрт, хэти зытетIысхьэн къыхуигъэхьэзырырт. «Сыт мыпхуэдизу фыщIызэрызехьэр?» - жиIэу асыхьэтым батареем и унафэщIри къыщыIухьэм, псори зэлъыIуокIуэт, аргуэрми и IэплIэм къохутэ, итIанэ бгъэдокIуэтыжри, командирым ар къызэпеплъыхь. «ТIэкIу уфагъуэщ, ныбжьэгъу, - къыжреIэ, - ухъужыпауэ узиIэ уэ».
- Ныбжьэгъу командир, ар иджыпсту щIэфагъуэр зы бжьэ ефа нэужь нэхъ тхъуэплъ хъужын щхьэкIэщ, - мэгушыIэ Болотов Захар.
Командирыр сыхьэтым йоплъ.
- ДакъикъитхукIэ щIыдодзэ зэхэуэм, - жеIэ абы.
- Связыр лэжьэнущ, - жэуап етыж Яхэгуауэм икIи и Iуэху иужь йохьэж. Абы дяпэкIи къыпэщылът зауэм и гъуэгуанэ хьэлъэр и кIэм нэс икIуну.
1943 гъэм жэпуэгъуэм и 16-м СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым Унафэ къищтащ Днепр щызэпрыкIым зэрахьа лIыхъужьыгъэм щхьэкIэ блыщIрэ еянэ фочауэ дивизэм щыщ цIыху пщыкIуийм Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэр фIащу. Абыхэм яхэтт Яхэгуауэри.
ЦIыху насыпыншэу къыщIэкIынтэкъым Михаил, зауэ гуащIэ куэдми къелри ар хэтащ ТекIуахэм я еплъыныгъэшхуэ Мэзкуу щекIуэкIам. ГурыфIыгъуэшхуэм къызэщIиIэтэуэ ар блэкIащ фашист нып фIыцIэхэр зи лъабжьэм щIадза Мавзолейм.
ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.
ЦIыхухъу нэпс
Москва деж лIыгъэшхуэ зэрахьэу бийм пэщIэтахэм яхэтащ Къармэхьэблэ къуажэм щыщ Мусэ Менлы.
Зауэм щыIухьа япэ махуэм къыщыщIэдзауэ абы ныбжьэгъу къыхуохъу фочауэ взводым и унафэщI Лисицэ Пётр. Абы и гъусэу зыпэщIэхуа гузэвэгъуэр Менлы игу къэкIыж зэпытт.
1941 гъэм и щIымахуэр ткIиящ. Уэсукхъуэр жьым зэрихьэрт. АпхуэдизкIэ Iуву къриупцIэхырти, топхэри пулемётхэри уэсым яфIыщIихъумэрт, сэлэтхэр зыдэс щIытIхэр исейрт. Ауэ зэхэуэр нэхъ кIащхъэ хъуртэкъым. Фашистхэм я ебгъэрыкIуэныгъэр нэхъ зэпыуащ щыжаIэм, мыбдеж кърашалIэ зауэр зымылъэгъуа щIалэ гуп. Абыхэм яхэтт Менлыи.
Куэд дэмыкIыу зэхэуэм щIидзэжащ: топышэхэмрэ лагъымхэмрэ ящхьэпролъэт, пулемётышэхэр, уэм хуэдэу, къытрагъэлъалъэ. Нэмыцэ кхъухьлъатэхэри къащхьэщыхьащи, я щхьэр къаригъэIэтыркъым. ДэнэкIи Iугъуэщ, гъуэзщ, мафIэщ... ЗэщIэфие, зэщIэгъуагъуэ макъхэр зыуэ зэхыхьэжащи, тхьэкIумэ Iупсыр ирач.
Мусэм и тхьэкIумэхэр щиубыдыкIащ, и Iур гъущIащ, гын Iугъуэр и нэм щIэбжьэу хуежьащи, и нэпсхэри къыщIож. «Жыхьэнмэ мафIи мы сыкъызыхэхуар»,- апхуэдэу егупсысыну хунэса къудейт Iэуэлъауэ псори зэуэ увыIэжу хъуреягъыр щымыбзэ щыхъужам.
- ЗэфIэкIа? - йоупщI Менлы и ныбжьэгъум.
- Иджыщ щыщIадзэнур, - умыбэлэрыгъ, - жеIэ Лисицэ. - Ауэ абы ящIэнури дощIэри дэ тщIэнури дощIэж. - Танк къызэрагъауэ гранатэхэр къегъэхьэзыр.
Лисицэ къыпыгуфIыкIыу къызэрепсалъэм и гур къыдихьэжауэ Мусэм зызэпелъэщIыхьыж. ИтIанэ маплъэри, зы абрагъуэ гуэрхэр уэсым къыхэнэIукIхэу елъагъу. Ахэр кIуэ пэтми нэхъ гъунэгъу къохъу. Нэмыцэ танкхэр къахуокIуэ, абыхэм я къуагъым къуэту лъэсыдзэри къокIуатэ.
- Фызэрыуэнум зыхуэвгъэхьэзыр, - унафэ ещI Лисицэ.
Бий танкыр абы накIуэпакIуэу къыхуокIуэ. Менлы и гур къилъэтынум хуэдэщ. АдэкIэ напIэдэхьеигъуэм абы гранатэр, и кIакхъур къречри, зэрифIэщкIэ еутIыпщ. Ар къызэрыуар зэхех, итIанэ елъагъу жырым къыхэщIыкIа танк абрагъуэр зэщIэскъыскъэу и пIэм къызэринар...
Москва нэужьи щIыпIэ куэдым щызэуащ Мусэ Менлы.
Зэгуэрым адыгэ щIалэмрэ абы и ныбжьэгъу Халилов Зейналрэ тIасхъэщIэх ягъэкIуат. ЗэуапIэ губгъуэр хъарзынэу зэпаупщIри, къапэщыта къалэнри ягъэзэщIауэ къагъэзэжат. Мэзым къыздыкIуэцIрыкIыжым абыхэм къаIуоуэ нэмыцэ сэлэтитху. Фашистхэм ящыщ зым и фочыр Мусэм къытрегъапсэ. ИщIэнум хунимыгъэсу, ар Зейнал автоматышэмкIэ зэпхреугъуэныкI. Адрейхэм щIым зыхадзэ. А тIум нэмыцэхэр зэтраукIащ, ауэ Зейнали уIэгъэ хьэлъэ къащIащ. И ныбжьэгъум и уIэгъэр Менлы хуепхэри, ар и плIэм илъу къожьэж, зэм къэпщым, зэм къакIуэурэ, зэуапIэ губгъуэм къызэпрокIыж...
Иджы Мусэр Белорусым щызауэрт.
Зы махуэ гуэрым тIасхъэщIэххэм къалэн щащI бийм и щIыбым дыхьэу Бахъэ ПщтыркIэ зэджэ къуажэм пэгъунэгъуу ежэх Гнилушкэ псым телъ лъэмыжыр къагъэуэну. Гупым и унафэщIт старшина Кольчинский Геннадий. Мэзхэмрэ къуэ куухэмрэ къызэранэкIыу, хьэлъэри я плIэм илъыжу, гъуэгу хэха ямыIэу жэщитI-махуитIкIэ кIуа нэужь, лъэмыжыр къалъэгъуащ. ТIасхъэщIэххэр щыгъуазэт куэд дэмыкIыу нэмыцэ танкхэмрэ лъэсыдзэмрэ а щIыпIэм къызэрысынум.
Бийр абы зэпрымыкI щIыкIэ лъэмыжыр къэгъэуэн хуейт, ауэ ар екIуэлIапIэншэт, пулемётхэр къытрагъэувауэ быдэу яхъумэрт. АтIэ дауэ ящIыну? Абы иричэнджащэу пшапэр зэхэуэху къуэгъэнапIэм къуэса тIасхъэщIэххэм къалъэгъуащ пкъо инхэр зэпаIыгъыу кIуэж нэмыцэхэр. Я дамэхэм пкъо зырыз тралъхьэри Мусэмрэ Кольчинскэмрэ, Грунинымрэ Сорокинымрэ мэзым зэкIэлъхьэужьу кIыхэкIащ икIи лъэмыжымкIэ яунэтIащ.
Лъэмыжым носхэри, Менлырэ Геннадийрэ пкъор нэпкъым ираутIыпщхьэх, езыхэри абы кIэлъожэх.
ПсынщIэу лагъымхэр лъэмыжым кIэщIалъхьэ, кIапсэри пащIэ, абы и кIапэм мафIэ щIагъанэри, къуэм къыдэпщыжхэу хуожьэ. Абдежым хъумакIуэхэм гу къылъатэ.
«Хальт! Хенде хох!» - зэхах къазэрыкIэлъыджэр. Аращ жаIэну нэмыцэ къэрэгъулхэр зыхунэсыжар. Мусэмрэ Кольчинскэмрэ мащэ гуэрым зыщрадзэ дыдэм лъэмыжыр дрехуей.
ЛIыгъэ хэлъу зэрызауэм, зэрыпсэемыблэжым къыпэкIуэу Мусэ Менлы орденхэмрэ медалхэмрэ и бгъэр ягъэщIэращIэрт. Псом хуэмыдэу ар иригушхуэрт «СлавэкIэ» зэджэ орденым. Ар лIэужьыгъуищу щыIэти, тIур къыхуагъэфэщакIэт.
Зэгуэрым тIасхъэщIэх къикIыжауэ абы къещIэ и ныбжьэгъу Лисицэ Пётр къызэраукIар. Абдежым Менлы игу къокIыж Москва щахъума лъандэрэ къыдэгъуэгурыкIуа и ныбжьэгъу лъапIэм цIыхугъэу дилъэгъуар, и нэпсри хуэубыдыркъым. АтIэ зауэр зи кIыхьагъым иджыт ар къыщыдзыхар... Мусэр командирым йолъэIу Лисицэ и снайпер фочыр къратыну.
А зэманым къыщыщIэдзауэ Менлы фашистхэм ещэу щIедзэ: офицерхэу, тIасхъэщIэххэу, топхэмрэ пулемётхэмрэ зыгъауэхэм ящыщхэу абы куэд IэщIэкIуэдащ. Ар гъуанэдэуэу дэнэкIи къиукIырт, гъунэгъу дыдэу япэтIысырти. ИтIани игу плъар упщIыIуртэкъым, абы и ныбжьэгъу Лисицэ илъ ищIэжырт.
Ефрейтор Мусэ Менлы гукъинэж щыхъуат езыр зыхэта Белорус фронтым щыщ еплIанэ фочауэ ротэр Вислэрэ Одеррэ я зэхуакум зэрыщызэуар. Нэмыцэхэр я гъуэм щраукIыхьыж лъэхъэнэт. А зауэм адыгэлI хахуэм фашист 65-м я ажал къигъэсащ.
1945 гъэм накъыгъэм и 31-м Мусэ Менлы аргуэру къыхуагъэфащэ «Славэ» орденым и ещанэ нагъыщэр.
Зауэм къикIыжри, Менлы колхозыр зэфIэзыгъэувэжхэм яхэтащ. ЯпэщIыкIэ гъэш фермэм, итIанэ мэл пщыIэм я унафэщI къалэнхэр игъэзэщIащ. Ар Къэбэрдей-Балъкъэрым и Совет Нэхъыщхьэм и депутатуи щытащ.
1963 гъэм Мусэ Менлы дунейм ехыжащ. Ауэ Хэкум щыгъупщэркъым и бын хахуэр. Абы и цIэр фIащащ Налшык, Бахъсэн къалэхэм, къуажэхэм я уэрамхэм. Мусэм и гъащIэр къызыщыгъэлъэгъуа тхыгъэхэр, сурэтхэр щIэлъщ Къэбэрдей-Балъкъэр лъэпкъ музейм.
ГъукIакъуэ Идар.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "697.txt"
} |
Егъэджэныгъэм и купщIэмрэ фIагъымрэ
ШыщхьэуIу зэIущIэхэр
Хабзэ хъуауэ, мы лъэхъэнэм дэнэкIи щокIуэкI шыщхьэуIу зэIущIэхэр. Республикэпсо пленарнэ зэхуэсышхуэм и пэ къихуэу ди щIыналъэм щызэхашэ район егъэджэныгъэ IэнатIэхэм къызэщIаубыдэ IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм я зэхыхьэхэр. 2019 - 2020 гъэ еджэгъуэщIэм ирихьэлIэ апхуэдэ зэхуэсхэм щыхоплъэж илъэс блэкIам яIа ехъулIэныгъэхэмрэ зыхунэмысахэмрэ, лъэхъэнэщIэм зэфIахыну лэжьыгъэхэр щаубзыху, мурадыщIэхэр къагъэнахуэ.
Бахъсэн щIыналъэ администрацэм и актовэ пэш иным шыщхьэуIум и 26-м щекIуэкIа зэIущIэм нэхъыбэу къыщаIэтари ахэращ.
Зэхуэсым и лэжьыгъэм хэтащ Бахъсэн щIыналъэм и администрацэм и Iэтащхьэ Балъкъыз Артур, Бахъсэн муниципальнэ щIыналъэм щIыпIэ самоуправленэмкIэ и Советым и унафэщI Сэбан Руслан, КъБР-м щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министрым и къуэдзэ Сокъур Олег, КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм и чэнджэщакIуэ Михайловэ Еленэ, Бахъсэн къалэм, Бахъсэн, Дзэлыкъуэ районхэм я дзэ комиссар Сосналы Мухьэмэд, Бахъсэн районым и прокурорым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Тхьэгъэпсо Мурат, УФ-м и МВД-м Бахъсэн районым щиIэ къудамэм и унафэщI Хэжь Аслъэнбий, щIыналъэм хыхьэ жылэхэм я администрацэхэм я пашэхэр, депутатхэр, курыт школхэм, сабий гъэсапIэхэм я унафэщIхэр, IэнатIэм и лэжьакIуэ пажэхэр, егъэджэныгъэм и ветеранхэр.
ЗэIущIэр къызэIуихащ икIи иригъэкIуэкIащ район администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Къэзан Заур. Къызэхуэсахэм гъэ еджэгъуэщIэмкIэ ехъуэхъуа нэужь, абы псалъэ иритащ Балъкъыз Артур.
- ПщIэ зыхуэсщIегъэджакIуэхэ, гъэсакIуэхэ. Си гуапэу сынывохъуэхъу ЩIэныгъэхэм я махуэ къэблэгъамкIэ, - жиIащ Балъкъызым. - Фэ фщыщ дэтхэнэми зыкъомкIэ елъытащ ди районым ис сабийхэм ягъуэтыну щIэныгъэмрэ гъэсэныгъэмрэ я фIагъыр. Творческэ ехъулIэныгъэщIэхэр, узыншагъэ быдэ фиIэну, мураду илъэсым хувиIэхэр нахуапIэ хъуну. Апхуэдэу сохъуэхъу фи еджакIуэхэмрэ абыхэм я адэ-анэхэмрэ. Гъэ еджэгъуэщIэр псоми узыншэу зэдетхьэкIыну си гуапэщ.
ЩIыналъэм и егъэджэныгъэ IэнатIэр илъэс блэкIам зэрылэжьамрэ къыпэщылъ къалэнхэмрэ ятеухуат егъэджэныгъэмкIэ Бахъсэн IэнатIэм и унафэщI Абрэдж Тамарэ и докладыр. «Егъэджэныгъэм и купщIэр къэгъэщIэрэщIэнымрэ абы и фIагъым хэзыгъэхъуэну Iэмалхэмрэ» фIэщыгъэр зиIа а къэпсэлъэныгъэм унафэщIым нэсу щызэпкърихащ 2018 - 2019 гъэ еджэгъуэм IэнатIэм зригъэхъулIэфахэмрэ зыхунэмысахэмрэ.
- Ди районым щыIэ егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IуэхущIапIэхэм федеральнэ проектхэр щолажьэ. Абыхэм ящыщу ехъулIэныгъэ диIэу дгъэзэщIащ зи ныбжьыр илъэси 3-7 хъу сабийхэр гъэсапIэхэм кIуэну Iэмал яIэным епхар, - къыхигъэщащ Абрэджым. - Апхуэдэу район бюджетым къыхэкIыу сом мелуани 5-м щIигъу хуаутIыпщащ школхэм я спорт залышхуэхэр зыхуей хуэгъэзэжыным, еджапIэхэм я унащхьэхэр, псы хуабэ зрикIуэ бжьамийхэр, зытхьэщIыпIэхэр зэгъэпэщыжыным, школ пщIантIэхэм хьэщпакъхэр щыухуэным, нэгъуэщIхэми. А псори и чэзум икIи къызыхуэтыншэу зэрызэфIэкIам я фIыгъэшхуэ хэлъщ щIыпIэм и хьэрычэтыщIэхэм, ди гъэсэну щытахэм, адэ-анэхэм. Ди школхэмрэ гъэсапIэхэмрэ зэпэщу гъэ еджэгъуэм ирихьэлIэжын папщIэ сомкIэ, къарукIэ зыкъытщIэзыгъэкъуа дэтхэнэми фIыщIэ ин худощI.
Абрэджым жиIахэм къыдыщIагъуу зэхуэсым къыщыпсэлъащ ХьэтIохъущыкъуей жылэм и курыт школ №3-м и унафэщI ДыщэкI Раисэ, Ислъэмей къуажэм дэт курыт школ №4-м и пашэ Хъупсырджэн Мадинэ сымэ. Ахэр тепсэлъыхьащ «ЕджапIэмрэ адэ-анэхэмрэ», «Сабий псоми - Iэмал зэхуэдэхэр» проектхэр зи унафэщI IуэхущIапIэхэм зэрыщылажьэ щIыкIэм.
Зэхуэсым и кIэухыу зи лэжьыгъэкIэ къыхэжаныкIа егъэджакIуэфIхэр, гъэ еджэгъуэщIэм нэхъыфIу зыхуэзыгъэхьэзырыжа IуэхущIапIэхэр ягъэлъэпIащ. Абыхэм иратащ егъэджэныгъэмкIэ IэнатIэм, район администрацэм къабгъэдэкI щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр, фэеплъ саугъэтхэр, дамыгъэ лъапIэхэр. Апхуэдэу къыхагъэщащ урысейпсо зэпеуэхэм щытекIуа курыт школхэр. Абыхэм ящыщщ «Илъэсым и сабий сад нэхъыфI» къэралпсо зэпеуэ-еплъыныгъэм пашэ щыхъуахэу ХьэтIохъущыкъуей жылэм дэт курыт школ №3-м къепха гъэсапIэр, Къубэ-Тэбэ къуажэм дэт пэщIэдзэ школ - сабий садыр, ХьэтIохъущыкъуей къуажэм и прогимназиер.
Егъэджэныгъэм и фIагъым адэкIи зэрыхагъэхъуэну Iэмалхэм щытепсэлъыхьащ Бахъсэн къалэм дэт школхэмрэ сабий садхэмрэ я лэжьакIуэхэр зыхэта зэхуэсми. IэнатIэм и унафэщIхэм, IэщIагъэлIхэм нэмыщI, зэIущIэм хэтащ КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм и къудамэм и пашэ Алокъуэ Ритэ, Бахъсэн къалэ администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Бырхьэм Залинэ, нэгъуэщIхэри. Абы кърихьэлIа псоми я пащхьэ доклад купщIафIэ щищIащ Бахъсэн къалэм егъэджэныгъэмкIэ и департаментым и унафэщI Борэн Мадинэ.
КъаIэта Iуэхугъуэхэм ятеухуа резолюцэхэр къащта нэужь, зэхуэсхэм хэтахэр ирагъэплъащ еджакIуэхэм абыхэм папщIэ къызэрагъэпэща концерт дахэхэм.
ЖЫЛАСЭ Маритэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "698.txt"
} |
Къэралым и щIыхьыр зыхъумэхэр
(Топджэгум цIэрыIуэ ищIа адыгэ щIалэхэр. ЕплIанэ Iыхьэ)
Совет Союзым, Тыркум, Урысей Федерацэм, Израилым, Къэзахъстаным щыпсэу, адыгэ футболист зыбжанэ мызэ-мытIэу дунейпсо утыку къихьащ, нэгъуэщI къэралхэм я щIыхьыр яхъумэу нобэми я зэфIэкI ягъэлъагъуэ. Япэу апхуэдэ лъагъуэ хэзышар СССР-м и командэ къыхэхам блыщI гъэхэм щыджэгуа Ещтрэч Владимирщ. Къэралым и гуп нэхъыщхьэм и гъуащхьауэу абы зэIущIи 8-м зыкъыщигъэлъэгъуащ икIи я хьэрхуэрэгъухэм топитI яхудигъэкIащ. Совет Союзым и олимп командэми зэIущIи 3 щригъэкIуэкIащ. КъищынэмыщIауэ, СССР-м и щIалэгъуалэ, РСФСР-м и командэ къыхэхахэм куэдрэ ираджащ. Илъэс тIощIрэ тхурэ ипэкIэ апхуэдэ пщIэ лъагэ къыхуащIащ гъуащхьэтет Хьэпэ Заур. Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам абы щригъэкIуэкIащ зэIущIи 4.
БлэкIа лIэщIыгъуэм къэралым и щIыхьыр зыхъума Ещтрэч Владимиррэ Хьэпэ Зауррэ хаша лъагъуэ дахэм ирикIуэ нэхъ щIалэIуэхэм нобэ я гугъу фхуэтщIынщ.
Израилым и командэ къыхэхам и капитан Натхъуэ Бибрэс
Израилым и командэ къыхэхам и капитан Натхъуэ Бибрэс хамэ щIыпIэм щитIысыкIа Кфар-Камэ адыгэ къуажэм къыщалъхуами, адэжь Хэкуращ цIэрыIуэ щыхъуар. Къэзан и «Рубин»-мрэ Мэзкуу и ЦСКА-мрэ яхэту Европэм и къэрал куэдым я стадионхэм пщIэрэ щIыхьрэ щиIэу зыкъыщигъэлъэгъуащ. Иужь илъэсым Алыджым Iэпхъуэри, абы хыхьэ Пирей къалэм и «Олимпиакос»-м ехъулIэныгъэкIэ щыджэгуащ икIи дыжьын медалыр иужь зэхьэзэхуэм щызыIэригъэхьащ. Иджы и зэфIэкIхэр Сербием и чемпионатым щегъэлъагъуэ, я командэ нэхъ цIэрыIуэ дыдэ Белград и «Партизан»-м хэту.
И ныбжьыр илъэс пщыкIуий щримыкъум щыщIэдзауэ Натхъуэ Бибрэс топджэгум хэтщ, ехъулIэныгъэхэр щызэIэригъэхьэу. 2006 гъэм абы япэ дыдэу щитIэгъащ спорт иным хэзыша Тель-Авив и «Хапоэль» командэм и балигъ гупым и фащэр. Абы лъандэрэ Израилым, Урысей Федерацэм, Алыджым, нэгъуэщI къэралхэм я губгъуэхэм джэгугъуэ 479-рэ щригъэкIуэкIащ икIи топ 72-рэ я хьэрхуэрэгъухэм щахудигъэкIащ.
Израилым и балигъ гуп къыхэхам и зэIущIэ 60-м зыкъыщигъэлъэгъуащ икIи абы иджыпсту и пашэщ. Зэи къэмыхъуауэ, мыжурт лъэпкъым ящыщу капитану хахащ. АрщхьэкIэ зэи ибзыщIыркъым зэрыадыгэмрэ зэрымуслъымэнымрэ. Уеблэмэ иригушхуэу дэни щытопсэлъыхь.
ФутболымкIэ Израиль къэралыгъуэм курыт зэфIэкI иIэу аращ. Абы и гуп къыхэхамрэ командэ щхьэхуэхэмрэ дунейпсо утыку итщ, ауэ ехъулIэныгъэ инхэр зэкIэ зыIэрагъэхьэфыркъым. Израилми, Европэми, нэгъуэщI щIыпIэхэми иджыпсту нэхъ щыцIэрыIуэр Натхъуэ Бибрэсщ икIи журт къэралыгъуэм и щIыхьыр ихъумэу балигъ командэ къыхэхам хэту зэIущIэ 60 нобэр къыздэсым иригъэкIуэкIащ. Аращ гупым и капитану хуэфащэ дыдэу щIыхахари. Абы и пэкIэ Израилым и командэ къыхэхам и ныбжь псоми (илъэс 17-м, 18-м, 19-м, 21-м нэсхэм) ехъулIэныгъэкIэ зыкъыщигъэлъэгъуащ икIи щIалэгъуалэ гупым я пашэу ягъэуващ).
Къызэрыхэдгъэщащи, щIалэ дыдэу Бибрэс Тель-Авив и «Хапоэль»-м джэгун щригъэжьащ. ИужькIэ Къэзан и «Рубин»-м, Афинхэм я ПАОК (Алыдж) командэхэм ирагъэблэгъащ. Иужь илъэсхэм Мэзкуу и ЦСКА-м и пашэхэм ящыщ зыуэ щытащ. Абы къихьащ Израилымрэ Урысей Федерацэмрэ я кубокхэр, Урысейм и суперкубокыр. Ар ди къэралым и чемпионщ, къищынэмыщIауэ дыжьын (тIэунейрэ), жэз медалхэр зыIэригъэхьащ, Алыджым дыжьынымрэ жэзымрэ къыщихьащ.
Натхъуэ Бибрэс 2010 гъэм япэ дыдэу адэжь Хэкум къихьэжащ. Ар къригъэблэгъауэ щытащ Къэзан и «Рубин»-м и тренер нэхъыщхьэ Бердыев Курбан икIи абы щхьэкIэ кIуат Израилым щыпсэу Натхъуэхэ я унагъуэм. «Рубин»-р щIэдзапIэ угъурлы хуэхъуащ Бибрэс икIи абы хэту Урысейм и кубокымрэ суперкубокымрэ 2012 гъэм зыIэригъэхьащ, чемпионатым и жэз медалыр къратащ.
Къэзандэсхэм къахэкIыжа иужькIэ, 2014 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм Алыджым и ПАОК командэм хэтащ. Абыи Iыхьэншэ щыхъуакъым - а къэралым и дыжьын медалыр иIыгъыу Урысей Федерацэм къигъэзэжащ.
Мэзкуу и ЦСКА-м ар апхуэдизкIэ лъэ быдэкIэ хыхьати, 2014/2015 гъэхэм екIуэкIа зэхьэзэхуэм и гъуащхьэхъумэныкъуэ нэхъыфI дыдэу къалъытащ икIи и хьэрхуэрэгъухэм топ 14 яхудигъэкIащ. Абы зэрыхэта илъэсиплIым адыгэ щIалэм дыжьын медалу 3-рэ (2015, 2017, 2018 гъэхэм) дыщэу зырэ (2016 гъэм) зыIэригъэхьащ, Урысейм и кубокым и финалым щыджэгуащ.
Израилым и командэ къыхэхам и капитан Натхъуэ Бибрэс иджыблагъэ зэгурыIуэныгъэ ирищIылIащ Сербием щынэхъ цIэрыIуэ икIи щынэхъ лъэщ дыдэ Белград и «Партизан»-м. Ар абы хэтынущ дызыхуэкIуэ илъэсищым.
Зы илъэси къанэркъым Натхъуэ Бибрэс Израилым и командэ къыхэхам хэту европэпсо, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм я кIэух зэпеуэхэм кIуэнухэр къыщыхах зэIущIэхэм зи пашэ гупыр утыку къримышэу, Чемпионхэм я Лигэм е Европэм и Лигэм щымыджэгуу, и IэзагъымкIэ къеплъхэр къыдимыхьэхыу, дэрэжэгъуэ яримыту. Абы и Iэзагъ лъагэм иджыри къэс дэрэжэгъуэ иным дыщигъэщIакъым, адэкIи апхуэдэу зэрекIуэкIынум шэч къытетхьэркъым.
Адыгэгу нэс зыкIуэцIылъ
Мырзэ Резуан
Сыт хуэдэ командэ хагъэхьами, зэман кIэщIым къриубыдэу Мырзэ Резуан абы и пашэ мэхъу. Апхуэдэу щыщытащ Рязань и «Спартак»-ми, Мэзкуу и «Торпедо»-ми, Ленинград оластым и «Тосно»-ми, Тулэ и «Арсенал»-ми. Абы къыдэджэгухэр трегъэгушхуэ адыгэ щIалэр щхьэмыгъазэу икIи лъэщу зэребгъэрыкIуэм, мыхьэнэшхуэ зиIэ топхэр я хьэрхуэрэгъухэм зэрахудигъэкIым. Дауи, Мырзэм и апхуэдэ щытыкIэм гулъытэ хэха къахуригъэщIащ топ джэгум дихьэххэмрэ IэщIагъэлIхэмрэ икIи хуэфащэ дыдэу Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам и тренер нэхъыщхьэ Черчесов Станислав зи унафэщI гупым иригъэблэгъащ. Пэжщ, зэкIэ зыгъэсэныгъэхэмкIэ Iуэхур зэфIэкIащ, ауэ Мэзкуу и «Спартак»-м иджыблагъэ зэрыхыхьам Iэмал къритыну фэ тетщ мыгувэу тлъагъуну, къэралым и щIыхьыр ихъумэу, европэпсо утыку къихьауэ.
Ди къэралым щыIэ спорт хъыбарегъащIэ IэнатIэхэр иужь зэманым нэхъыбэу зытепсэлъыхьыр Мырзэ Резуан Мэзкуу и «Спартак»-м зэрыхагъэхьарщ. Ди лъахэгъур абы илъэсищкIэ хэтынущ икIи ар иджыри къэс зея «Ростов»-м адыгэ щIалэр къиутIыпщын папщIэ еврэ мелуани 3,5-рэ иратащ.
Мырзэм Iэмал игъуэтащ куэд набдзэгубдзаплъэу къызыкIэлъыплъ командэ цIэрыIуэм хыхьэну икIи и зэфIэкIыр здынэсыр къыщигъэлъэгъуэну. Ар зэрымымащIэм щыхьэт техъуэфынущ иужь илъэситхум ар зыхэта премьер-лигэм щыджэгухэу Мэзкуу и «Торпедо», Грознэ и «Тэрч» (иджы «Ахмат»), Ленинград областым и «Тосно», «Ростов», Тулэ и «Арсенал» командэхэр. Грознэрэ Дон Iус Ростоврэ къищынэмыщIауэ, адрейхэм ар щыпашащ. «Тэрч»-мрэ «Ростов»-мрэ и Iуэхухэр щIыдэмыкIами Резуан и зэран хэлъкъым: япэм псынщIэу фэбжь щигъуэтащ, етIуанэм и тренер нэхъыщхьэм и джэгукIэр зэриубзыхум Мырзэм ейр темыхуэу къыщIэкIащ.
Мэзкуу и «Спартак»-м и тренер нэхъыщхьэ Кононов Олег и унафэм щIэту Мырзэ Резуан зэIущIи 8 Тулэ щригъэкIуэкIауэ аращ. А мащIэри IэщIагъэлI цIэрыIуэм хурикъуащ ди лъахэгъум и зэфIэкIыр зэрылъагэр зригъэщIэн папщIэ. Абы щыгъуэращ Мырзэм дигъэкIа топхэм «Спартак»-мрэ «Зенит»-мрэ щыхигъэщIар икIи «Арсенал»-р зэи къэмыхъуауэ Iэта щыхъуар. ТопитI зэуэ къахудэзыгъэкIа адыгэ щIалэри мэзкуудэсхэм ягу ираубыдат.
КъищынэмыщIауэ, куэдым ящIэж нэгъабэ ТекIуэныгъэ Иным и махуэшхуэр щыдгъэлъэпIа накъыгъэм и 9-м къалэ-лIыхъужь Волгоград (нэхъапэм Сталинград) щызэхэта Урысей Федерацэм и Кубокыр 2018 гъэм къэхьынымкIэ екIуэкI зэхьэзэхуэм и кIэух зэIущIэр. Ди лъахэгъу Мырзэ Резуан абы щыдигъэкIа «дыщэ» топым и фIыгъэкIэ къэралым и футбол саугъэт нэхъ лъапIэхэм ящыщ зыр Iэрыхьащ Ленинград областым и «Тосно» командэм.
Бахъсэн къалэм къыщалъхуа ди лъахэгъу щIалэм иужь лъэхъэнэм урысей футболым и цIэр фIыкIэ зэрыщыIуар гуапэщ. Дыпэплъэнщ къэралым и командэ къыхэхам дэщIыгъуу Мырзэ Резуан иIэну текIуэныгъэщIэхэм.
Европэм и чемпион Къуэшы Амир
И адэ-анэр лэжьакIуэ здэщыIэ Мэзкуу 1989 гъэм щэкIуэгъуэм (ноябрым) и 11-м къыщалъхуащ Къуэшы Амир. Абы Iэмал гъуэзэджэ игъуэтащ къалащхьэм топджэгум зыщыхуигъасэу япэ лъэбакъуэхэр щичыну.
Зыхэплъыхьыныр и куэдми, Къуэшы Юрэ и къуэр къэжэпхъа иужькIэ ЦСКА-м и спорт школым иритащ. Абы сабийм къыщыдэлэжьащ тренер цIэрыIуэхэр икIи топджэгум и щэхухэр щрагъэщIащ.
Къуэшыхэ дэрэ зы Къэхъун къуажэм дыщыпсэу пэтми, абыхэм я щIалэр Мэзкуу и ЦСКА-м щыджэгуу къыщысщIар Налшык и «Спартак»-р премьер-лигэм кIуэуэ ар хьэрхуэрэгъу къытхуэхъуа иужькIэщ. 2006 гъэм и гъатхэпэм ди командэмрэ ЦСКА-мрэ я щIалэгъуалэр Нарткъалэ щызэIущIауэщ Амир япэу щыслъэгъуар. Дауи, адэкIэ згъэгъуэщакъым.
Абы ирихьэлIэу, и ныбжьыр илъэс пщыкIухи мыхъуауэ, Къуэшы Амир ЦСКА-м и щIалэгъуалэ гупым хъарзынэу хэзэгъат, уеблэмэ балигъхэм яхэту Урысей Федерацэм и кубокым щыщIэбэн зэхьэзэхуэм зы зэIущIэ щригъэкIуэкIыну хузэфIэкIат. Нэрылъагъут абы къэкIуэну дахэ зэриIэр. Урысей Федерацэм ныбжьыщIэхэм я гуп къыхэхами ирагъэблагъэу щIадзат.
Къуэшым и вагъуэр къыщылыдар 2006 гъэращ. Зы ныбжьыр илъэс пщыкIубл иримыкъуахэм Люксембургым щрагъэкIуэкIа Европэм и чемпионатым абы дыщэ медалыр къыщихьащ.
Накъыгъэм (майм) и 3-м щыщIэдзауэ екIуэкIа зэхьэзэхуэм хэтыну Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам и тренер нэхъыщхьэ Колыванов Игорь иригъэблэгъахэм ящыщт ЦСКА-м и гъуащхьэхъумэныкъуэ адыгэ щIалэ Къуэшы Амир. Люксембургым щызэхэта кIэух зэхьэзэхуэм ди къэралыр хэхуэн папщIэ къызэрыхах зэпеуэм абы фIыуэ зыкъыщигъэлъэгъуат.
Зыхэта гупым венгрхэмрэ хэгъэрейхэмрэ щыхагъащIэри, Урысей Федерацэм и футболистхэр занщIэу финал ныкъуэм нэсащ. Абы къащыпэплъэрт балигъ хъуа иужькIэ дуней псом и чемпион хъуа щIалэ зыбжанэ щызэрихьэлIа Германием и ныбжьыщIэхэр. Накъыгъэм и 11-м зэхэта зэIущIэр хуабжьу гуащIэ хъуащ икIи Къуэшы Амир зыхэт ди къэралым и командэ къыхэхар, 78-нэ дакъикъэм дигъэкIа топ закъуэм и фIыгъэкIэ, финалым кIуащ.
Накъыгъэм и 14-м щыIа Европэм и чемпионатым и кIэух зэIущIэр ди къэралым эфир занщIэкIэ къыщагъэлъэгъуащ. Телевизорым и экраным дипщхьэным хуэдэу, ар зэрекIуэкIым хуабжьу дрипIейтейуэ дыкIэлъыплъырт. Дауи, Къуэшы Амир топыр къызэрыIэрыхьэу бауэкIэщI дыхъурт. Абы Iэзэу и къалэнхэр игъэзащIэрт икIи дигъэгушухэрт. Хухаха зэманыр щиухым ирихьэлIэу, Урысей Федерацэр 1:0-у япэ итт. АрщхьэкIэ, къыщIагъуа дакъикъищыр зэфIэкIыпауэ, чеххэм бжыгъэр зэхуэдэ ящIыжащ. ЗэIущIэм зыгуэр щытемыкIуэу хъунутэкъыми, аргуэру зэпэщIэтыныгъэм прагъэщащ. КъыщIагъуа дакъикъэхэм командэхэр топ зырызкIэ зэхъуэжащ. Апхуэдэуи нэхъ лъэщыр зэхэкIатэкъым. Къэнэжыр зэIущIэ нэужь пенальтихэм еуэнырт. АбыкIэ дыдейхэр нэхъ Iэзэу къыщIэкIащ.
Урысей Федерацэм и ныбжьыщIэ командэ къыхэхам дэщIыгъуу Европэм и чемпион зэрыхъуар Къуэшы Амир и дежкIи, къыдэщIхэм папщIи дэрэжэгъуэ инт. А гуфIэгъуэр щаIэтащ къэралым и къалащхьэ Мэзкууи, Налшыки, Къэхъун къуажэми.
Дэтхэнэ зы спортсменым и дежкIи зэхэгъэкIыгъуэ нэсщ балигъыпIэ щиувэр. Иджыри къэс зыхэта зэхьэзэхуэхэм ар икъукIэ къыщхьэщокI. Къуэшы Амир и апхуэдэ лъэхъэнэр ирихьэлIащ и лъакъуэхэм фэбжь хьэлъэ ягъуэтауэ. Зыкърагъэужьыжын мурад яIэу, ЦСКА-м бэджэнду япэ дивизионым щыджэгу Новотроицк и «Носта»-м, Оренбург и «Газовик»-м иритами, иужькIэ Ставрополь и «Динамо»-м, Набережные Челны и «КАМАЗ»-м хагъэхьами къикIыща щыIэкъым. 2013 гъэм, и ныбжьыр илъэс 24-рэ иджыри мыхъуарэ и къару илъыгъуэу топ джэгуныр къигъэнэн хуей хъуащ. Абы иужькIэ къигъэзэжри, Къэхъун къуажэм хэту Къэбэрдей-Балъкъэрым и чемпион хъуащ. Иджы щIалэщIэхэр егъасэ, пасэу игъуэта фэбжьым и зэранкIэ езыр зыхунэмыса лъагапIэхэм тригъэгушхуэу.
Зи гугъу фхуэтщIахэм къищынэмыщIауэ, Къэзахъстаным и командэ къыхэхам хэту зэIущIэ зыбжанэ ирагъэкIуэкIащ ЛIыхъугу Арсенрэ (1) Джатэрывэ Къазбэчрэ (6). Тыркум и щIыхьыр зыхъумахэр куэд мэхъур, ауэ абыхэм я адыгэ унэцIэхэр зрагъэхъуэжам къыхэкIыу зэкIэ гъэбелджылыгъуейщ.
Жыласэ Заурбэч.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "699.txt"
} |
ЛыцIыкIулыбжьэ
Былымыл е танэл лыпцIэр ятхьэщIри, ягъэгъущыж. Грамми 8 - 10 хъууэ зэпаупщI, шыуаным иралъхьэ, шыгъу хадзэ, псы щIыIэ щIакIэ, и щхьэр тепIауэ, мафIэ мыиным тету псыр щIэвэщIэху ягъавэ. Лыр щабэ мыхъуауэ псыр щIэващIэмэ, псывэ тIэкIу щIакIэри, хьэзыр хъуху мафIэм трагъэт. Псыр щIэвэщIа нэужь, лым тхъу халъхьэри, зэIащIэурэ дакъикъи 10 - 12-кIэ ягъажьэ. ИужькIэ бжьыныщхьэ упщIэта, шыбжий сыр хьэжа халъхьэ. А псори зэIащIэурэ дакъикъи 8 - 10-кIэ мафIэ цIыкIукIэ ягъажьэ, итIанэ псывэ тIэкIу щIакIэ, шыуаныщхьэр трапIэжри, дакъикъэ 1 - 2-кIэ ягъэбэкхъ. Хьэзыр хъуа лыр пщтыру Iэнэм трагъэувэ. ПIастэ и гъусэу яшх. ЩIакхъуи, мырамыси, чыржыни докIу.
Халъхьэхэр (зы цIыху Iыхьэ):
ЛыпцIэу - г 200
Псыуэ - г 30
Тхъууэ - г 30
Бжьыныщхьэ укъэбзауэ - г 30
Жьа нэужь щIакIэ псывэу - г 20
Шыгъуу, шыбжийуэ - узыхуейм хуэдиз
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "7.txt"
} |
Я гулъытэр цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным хуэгъэзащ
«Урысей зэкъуэт» фракцэм хэт депутатхэм иджыблагъэ даIыгъащ цIыхухэм ират дэIэпыкъуныгъэ щхьэхуэхэм хэгъэхъуэным теухуауэ законодательствэм халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэр.
Партым и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и секретарь, «Урысей зэкъуэтым» и Совет Нэхъыщхьэм хэт, а партым и фракцэу КъБР-м и Парламентым щыIэм и Iэтащхьэ КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ АфэщIагъуэ Михаил зэрыжиIамкIэ, партым хэтхэм я гулъытэ нэхъыщхьэр зыхуэунэтIар къэралым исхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэнырщ.
Парламентарийм къыхигъэщхьэхукIащ цIыхухэм я гъащIэр егъэфIэкIуэнымкIэ, абыхэм зэпымыууэ заужьынымкIэ Iэмал псори Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм зэрыщызэтеувар.
Сурэтым АфэщIагъуэ Михаил.
Печонов Владилен.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "70.txt"
} |
ДУНЕЙМ ЩЫХЪЫБАРХЭР
Тонн ныкъуэ зи хьэлъагъ бомбэ
Германием и Ганновер къалэм щыпсэухэм ящыщу цIыху мин 15 къыдагъэIэпхъукIын хуей хъуащ иджыблагъэ. А щIыпIэм ухуэныгъэ щрагъэкIуэкIыу щIыр къыщатIым ухуакIуэхэм къагъуэтащ ЕтIуанэ дунейпсо зауэм и зэманым къагъэсэбэпу щыта бомбэхэм хуэдэ зы. Абы тонн ныкъуэ и хьэлъагът.
Къэхъуам и хъыбар ухуакIуэхэм ирагъэщIащ къалэ администрацэмрэ полицэмрэ икIи иужьрейхэм унафэ ящIащ а щIыпIэм цIыхухэр икIэщIыпIэкIэ кърагъэпхъукIын хуейуэ. Сыхьэт бжыгъэм къриубыдэу абы кърашащ цIыху мин 15 - ухуэныгъэр щрагъэкIуэкI щIыпIэм пэмыжыжьэу щыт псэупIэхэм, курыт еджапIитIым, хьэщIэщым, зи ныбжь хэкIуэтахэр щапIыж унэм щIэсхэр. А щIыпIэм метром и мафIэгухэм я лэжьыгъэри щызэпагъэун хуей хъуащ.
Апхуэдиз зи хьэлъагъ бомбэр къауэмэ, метр щищкIэ пэжыжьэу щыт ухуэныгъэхэми зэранышхуэ хуэхъуфынущ, абы и пкъым щыщ къутахуэхэр километр минрэ ныкъуэм нэскIэ зэрызэбгрипхъыфын лъэщагъ иIэщ. Аращ къэхъукъащIэ къызэрымыкIуэхэр зи нэIэ щIэт IэщIагъэлIхэм цIыхухэр а щIыпIэм пэIэщIэ ящIыныр нэхъ тэмэму къыщIалъытар.
ЛагъымхэмкIэ IэщIагъэлIхэр я лэжьыгъэм иужь ихьэри, шынагъуэ къимышэн хуэдэу, бомбэр зэпкърахын яхузэфIэкIащ.
Дзэ IэщIагъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, ЕтIуанэ дунейпсо зауэм и кIэм, фашистыдзэхэр ирагъэкIуэтурэ я къэралым зыщахъумэжын хуейуэ щрагъэзам, советыдзэхэм Германием и щIыналъэм бомбэу мелуанитIым щIигъу щрадзыхащ. Абыхэм я процент 20 хуэдизыр къэмыуауэ щIым иджыри хэлъщ.
«Ди къэралым лагъымхэр мазитI-щы якукIэрэ къыщагъуэт - унэ яухуэнум и лъабжьэр зыхуэзэ щIыр къыщратIыкIкIэ е гъуэгущIэ щыпхашкIэ. Абы цIыхухэри есэжа хуэдэу щытщ, ауэ фокIадэм и 2-м къагъуэтар икъукIэ инти, цIыхухэм я шынагъуэншагъэр къызэдгъэпэщын папщIэ ахэр щIыпIэм идмыгъэIэпхъукIыу хъуакъым», - щыжаIащ къалэ администрацэм.
Ди сабийхэм
щIэныгъэфI ягъуэтрэ?
Къэралым гъэ еджэгъуэщIэм щыщIидзэжащ – хэти зэса еджапIэм кIуэжащ, хэти нэхъыфIу къалъытэм екIуэлIащ.
Дызэрыщыгъуазэщи, я щIэблэм щIэныгъэ щрагъэгъуэтыну еджапIэр къыхэхыным адэ-анэхэр мымащIэрэ гугъу дохь. Псом хуэмыдэу куэдрэ мэчэнджащэ зи сабийр япэ классым зыгъакIуэхэр. Абы и щхьэусыгъуэр гурыIуэгъуэщ - школ нэхъыфIыр, егъэджакIуэфIхэр здэщыIэр сыткIэ пщIэн, уи сабийр зыщIыпIи щемыджамэ?
ЦIыхухэм я Iуэху еплъыкIэхэр зыдж Урысейпсо центрым иджыблагъэ иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, адэ-анэхэм я нэхъыбапIэр (процент 78-р) арэзы тохъуэ урысей школхэм щыIэ егъэджакIуэхэм я лэжьэкIэм. ЗэупщIахэм я процент 16-м къалъытащ егъэджакIуэхэм я лэжьыгъэм хуэфэщэн щIэныгъэ, Iэзагъэ ябгъэдэмылъу.
Зэрыщыту къапщтэмэ, адэ-анэхэм я процент 51-м иужьрей илъэс 15-м къриубыдэу еджапIэхэм щыIэ щытыкIэр екIэкIуауэ къалъытэ. «Сабийхэм предмет псомкIи щIэныгъэфI ягъэгъуэтыным, я къэухьым зегъэужьыным къыдэкIуэу, егъэджакIуэхэм я къалэнщ ныбжьыщIэр гъащIэм хэзэгъэн папщIэ къигъэсэбэпыну Iэмалхэми хуагъэIущыну, дэтхэнэ зыми бгъэдэлъ зэчийр къызыкъуахынымкIэ щIэгъэкъуэн яхуэхъуну», - жаIэ щIэупщIэныгъэм хэта адэ-анэхэм. Пэжщ, сабийм щIэныгъэфI етыным телэжьэн хуейр школыращ, ауэ езыхэм я къалэнхэри егъэджакIуэхэм я пщэ мымащIэрэ зэрыдалъхьэмкIэ зызыумысыжахэри яхэтщ адэ-анэхэм.
Нобэ
♦Тхэквондом и дунейпсо махуэщ
♦Урысейм и ядернэ шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщынымкIэ IэщIагъэлIым и махуэщ
♦Армением щагъэлъапIэ къегъэлакIуэм и махуэр
♦Молдовэ Республикэм и таможеннэ къулыкъум и лэжьакIуэм и махуэщ
♦1781 гъэм США-м и Калифорние штатым и Лос-Анджелес къалэр иджыпсту здэщыт щIыпIэр псэупIэ ящIауэ щытащ испан цIыху 44-м. 1850 гъэм абы къалэ статусыр игъуэтащ, иджыпсту цIыху мелуаниплIым нэблагъэ дэсщ.
♦1799 гъэм Урысей империем къыщызэрагъэпэщащ къалэ унафэхэр зыIэщIэлъыну IуэхущIапIэхэр.
♦1888 гъэм Истман Джордж «Кодак» дамыгъэмрэ плёнкэ зэрыплъхьэ хъу сурэттехымрэ я патент къратащ.
♦1942 гъэм «Красноармейская правда» газетым къытехуащ Твардовский Александр и «Василий Теркин» поэмэщIэм щыщ Iыхьэхэр.
♦1945 гъэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и унафэкIэ зэбграгъэкIыжащ ЗыхъумэжыныгъэмкIэ Къэрал Комитетыр. Ар Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм къызэрагъэпэщат, СССР-м сыт и лъэныкъуэкIи унафэ щищIын къалэныр и пщэ дэлъу. Абы и Iэтащхьэт Сталин Иосиф.
♦1957 гъэм цIыху къызэрырашэкI «Ту-104А» кхъухьлъатэ лIэужьыгъуэщIэр япэу уэгум ихьащ, Москва - Нью-Йорк гъуэгуанэм тету.
♦1959 гъэм дунейм щыяпэу США-м и тыкуэнхэм къыщIалъхьащ цIыхубз колготкэхэр.
♦1975 гъэм «Сыт? Дэнэ? Дапщэщ?» телевизионнэ клубым и япэ нэтыныр къагъэлъэгъуащ.
♦ 1987 гъэм Москва щызэфIэкIащ Германием щыщ Руст Матиас и судыр. Ди къэрал гъунапкъэр кхъухьлъатэкIэ къызэпиупщIу Москва деж къыщетIысэха щIалэм илъэсиплIкIэ жылагъуэ лэжьыгъэхэр иригъэкIуэкIыну тралъхьат. Зы илъэс дэкIри, ар хуит къащIыжауэ щытащ.
♦1991 гъэм Свердловск къалэм нэхъ пасэм зэрихьэу щыта Екатеринбург цIэр фIащыжащ.
♦1991 гъэм КПСС-м и мылъкуу Армением щыIэр къэралым ейуэ къалъытащ.
♦1997 гъэм Москва щыщIидзащ УФ-м и къалащхьэр илъэс 850-рэ зэрырикъум теухуа гуфIэгъуэ дауэдапщэхэм. Ахэр махуиплIкIэ екIуэкIат.
♦1998 гъэм «Google» компаниер къызэрагъэпэщащ.
♦1999 гъэм Буйнакск къалэм (Дагъыстэн) щалэжьа терактым и зэранкIэ къатитхуу зэтет унэр къэуащ. Абы щыгъуэ цIыху 58-рэ хэкIуэдауэ щытащ.
♦1666 гъэм къалъхуащ адыгэпщ, Урысейм и дзэ, къэрал къулыкъущIэу, Правительствэм и унафэщIу щыта Черкасский Яков (Урыскъан).
♦1874 гъэм къалъхуащ совет хирург Iэзэ, академик, УФ-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ цIэр, Сталиным и цIэр зезыхьэ саугъэтыр зыхуагъэфэща Вишневский Александр.
♦1917 гъэм къалъхуащ Совет Союзым и ЛIыхъужь Нэхей Даут.
♦1927 гъэм къалъхуащ шэрджэс еджагъэшхуэ, тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор Нэпсо Долэт.
♦1929 гъэм къалъхуащ Урысейм и цIыхубэ артисткэ, СССР-м и Къэрал саугъэтыр зрата Ургант Нинэ.
♦1934 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ, УФ-м и цIыхубэ артист Хиль Эдуард.
♦1952 гъэм къалъхуащ урысей актрисэ, УФ-м и цIыхубэ артисткэ Глушенкэ Евгение.
♦1952 гъэм къалъхуащ Индием щыщ актёр цIэрыIуэ, режиссёр Капур Риши.
♦1967 гъэм къалъхуащ журналист, публицист, «Адыгэ псалъэ» газетым и корреспондент Чэрим Марианнэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 26 - 28-рэ, жэщым градус 14 - 15 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Бэр зэщIэхъаемэ, щIыр къагъэхъей..
Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "700.txt"
} |
Гъэ еджэгъуэщIэм хуэхьэзырщ
Коллегиер къызэIуихащ икIи иригъэкIуэкIащ Бахъсэн щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэм и япэ къуэдзэ Къэзан Заур. Абы кърихьэлIащ щIыналъэм хыхьэ жылэхэм я администрацэхэм я Iэтащхьэхэр, школхэмрэ гъэсапIэхэмрэ я унафэщIхэр, Жылагъуэ палатэм и лIыкIуэхэр. Апхуэдэу коллегием и лэжьыгъэм хэтащ Бахъсэн районым и прокурорым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Тхьэгъэпсо Мурат, МВД-м Бахъсэн щIыналъэм щиIэ IэнатIэм и унафэщIым и къуэдзэ Алэкъул Армед.
Зэхуэсым къыщаIэта Iуэхугъуэхэм ятеухуа доклад купщIафIэ абы кърихьэлIахэм я пащхьэ щищIащ щIыналъэм егъэджэныгъэмкIэ и IэнатIэм и унафэщI Абрэдж Тамарэ. Абы зэрыжиIамкIэ, зэрыщыту къапщтэмэ, мыгъэрей къэрал къэпщытэныгъэхэр къызыхуэтыншэу, ныкъусаныгъэншэу екIуэкIащ, арщхьэкIэ еджакIуэхэми абыхэм я адэ-анэхэми дяпэкIи дегъэкIуэкIын хуейщ ЕГЭ-р зэрегъэкIуэкIыпхъэ мардэхэмрэ хабзэхэмрэ епха псалъэмакъхэр. ЕгъэджакIуэхэм нэхъ жыджэру къагъэсэбэпыпхъэщ егъэджэныгъэм къыхыхьэ хъыбарегъащIэ технологиещIэхэмрэ Iуэху зехьэкIэщIэхэмрэ. Къэрал къэпщытэныгъэм хэтхэми ар къызэзыгъэпэщхэми IуэхумкIэ жэуап зэрахьри ягу къигъэкIыжащ Абрэджым.
ЩIыналъэм и егъэджэныгъэ IэнатIэр 2019 - 2020 гъэ еджэгъуэщIэм зэрыхуэхьэзырым щытепсэлъыхьым, Абрэджым къыхигъэщащ районым хиубыдэ школхэм, гъэсапIэхэм ящыщ дэтхэнэри лъэхъэнэщIэм хуэхьэзыру зэрырихьэлIэр. Санитар хабзэхэм къриубыдэу, IуэхущIапIэхэм щызэрагъэпэщыжащ сабийхэм я зыгъэпсэхупIэхэр. Къуажэхэм дэт школхэм ящыщу 5-м и кIэм щынэсащ абыхэм хэт спорт залышхуэхэр зыхуей хуэгъэзэжыныр. А лэжьыгъэхэр йокIуэкI а Iуэхум хуэгъэпса федеральнэ проектым ипкъ иткIэ.
ЗэIущIэм къыщыпсэлъа Тхьэгъэпсо Мурат жиIащ еджакIуэхэм я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным гулъытэ нэхъыбэ хуэщIыпхъэу.
Коллегием и утыку ирахьа Iуэхугъуэхэм ятеуха унафэхэр къыщащтащ зэхуэсым.
ЖЫЛАСЭ Маритэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "701.txt"
} |
КIэух зэпеуэм ирагъэблагъэ
ЗэIущIэхэр
ЕхъулIэныгъэ
Псори зэгъусэу къэралпсо зэпеуэм хэтащ субъект 12-м щыщ гупхэр. Абыхэм ящыщу нэхъыфIу къалъытащ икIи кIэух зэхьэзэхуэм хэтыну хуагъэлъэгъуащ гуп 89-м. ЩIыналъэ зэхыхьэхэм хэтахэм я проектхэр ягъэлъэгъуащ унэтIыныгъэ зыбжанэкIэ. Апхуэдэхэт, къапщтэмэ, «Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ», «Узыншагъэр хъумэныр», «Къэрал управленэ», «ПсэупIэ-коммунальнэ IэнатIэмрэ къалэ гъащIэмрэ», «Транспортымрэ логистикэмрэ», «Промышленностым епха унафэхэр».
КъБКъУ-м икIа гупым хэтахэу Денисенкэ Владимир, Къумыкъу Аслъэнджэрий, Залиханов Елдар, Сындыку Заурбэч, Шэру Светланэ, Амщокъуэ Эдуард сымэ зыхэтар «Узыншагъэр хъумэныр» унэтIыныгъэращ. Абыхэм ягъэлъэгъуа проектыр куэдым ягу ирихьащ икIи нэхъыфIу къалъытахэм хагъэхьащ. Гупыр ирагъэблэгъащ фокIадэм и 27 – 29-хэм Къэзан щекIуэкIыну кIэух зэпеуэм. Абы щытекIуэхэм Iэмал яIэнущ езыхэм я уней Iуэху къызэIуахыну, къэралым и IуэхущIапIэ цIэрыIуэхэм лэжьыгъэ щагъуэтыну, гупым папщIэ сом мин 500 къахьыну. КъинэмыщIауэ, «Инновацэхэм зегъэужьынымкIэ фондым» къахуиутIыпщынущ я проектхэр зэрагъэлэжьэну грантыр.
Ди лъахэгъухэм дохъуэхъу зрагъэблэгъа зэпеуэм щытекIуэу къыхуагъэлъагъуэ Iэмалхэр нэсу къагъэсэбэпыну.
КЪАРДЭН Тамбий.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "702.txt"
} |
ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 75-рэ щрикъум ирихьэлIэу Шэрджэс ЛIыхъужьхэр
Дэнэ щымыIами
Зауэр зэрекIуэкIым теухуауэ 1944 гъэм мэкъуауэгъуэм и 21-м къата хъыбархэм мыпхуэди къыхэхуат: «Онегэ, Ладогэ гуэлхэм я зэхуакум ди зауэлIхэр щебгъэрыкIуэри, Свирь псым и Iуфэм деж бийм и быдапIэр зэпатхъащ, абы хьэлэчыр халъхьащ, Iэщэ куэд къытрахащ, сэлэт, офицер мащIэкъым гъэр ящIар, къуажэхэр хуит къащIыжащ».
РадиокIэ къэIуа а хъыбар гъущэм и къуагъым къуэлъыр совет зауэлIхэм я лIыгъэ, гуеигъэ, цIыху гъащIэ мащIэтэкъым. А зэхэуэ гуащIэм хэтащ адыгэ щIалэ Къардэн Мурат. Абы щыгъуэм ар гвардием и сержант нэхъыжьт, фочауэ взводым и унафэщIт. Абы и гупым къылъысат нэхъ къалэн гугъу дыдэр. Псы, шэд защIэу километр тIощI жэщым зэпичу бийм и быдапIэм екIуэлIэн, абдеж ди дзэр ипэкIэ зымыгъакIуэ Iэщэ бзаджэхэм я щытыпIэр зэхакъутэу, дэIэпыкъуэгъухэр ялъэIэсыху, щIыналъэм къыхэщ Iуащхьэр яIыгъын хуейт.
Ар Къардэным зэрыхузэфIэкIа щIыкIэр къыщигъэлъэгъуащ фочауэ дивизэм и унафэщI Харазие Гиви и рапортым:
«Свирь зэпрыкIыныр даущыншэу зэфIигъэкIащ Къардэным икIи зэрымыщIэкIэ абы и гупыр бийм тезэрыгуэри, и быдапIэ нэхъыщхьэхэр къищтащ, куэдкIэ къебэкI фин сэлэтхэм IэпщэрыбанэкIэ яхыхьэри, яхуэукIыр яукIащ, ямыукIахэри гъэр къащIащ. СыхьэтитIкIэ Къардэным и взводым быдапIэр иIыгъащ, нэхъапэ ялъэIэса, езыр зыхэт ротэм и командирыр къыщаукIым, абы и пIэм иувэри, зауэлIхэр игъэгушхуэу финхэм лъэрыщIыкIыр яхилъхьащ, абыхэм икIуэтыпIэ яримытыжу къиухъуреихьри, дяпэкIэ къапэмыувыжыфын ищIащ. Къардэн Мурат Iэсхьэд и къуэм зэрихьа лIыгъэшхуэм папщIэ хуэфащэщ Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэр».
ЛIыхъужьым и Вагъуэмрэ Ленин орденымрэ Къардэн Мурат Калинин Михаил Кремлым къыщритащ.
ВакIуэ-Жылэ къуажэм къыщыхъуа щIалэр зэрыцIыкIу лъандэрэ жану, хэлъэт иIэу щытащ. Илъэс пщыкIутху ирикъуа къудейт абы лэжьэн щиублам.
1939 гъэм къулыкъум яшэри, зауэм и кIэм уIэгъэ хьэлъэ хъууэ къыхэкIыжыху, бий бзаджэм пэщIэтащ. Ар хэтащ Халхин-Гол деж щекIуэкIа зэхэуэшхуэми. Абы щыгъуэм автомашинэр зэригъэкIуэфу зригъасэри, топы-шэхэр яхуIуишащ. Мурат щеджащ шуудзэ, инженер училищэхэми.
Дэнэ щымыIами, жаныгъэрэ лIыгъэрэ къигъэлъагъуэ зэпытащ.
Контузие хъуауэ сымаджэщым щIэлъ Къардэн Мурат «Советская гвардия» газетым очеркышхуэ тритхыхьауэ щытащ (1944 гъэ, шыщхьэуIу). Абы итт: «Ди Мурат Совет Союзым и ЛIыхъужьщ. А хъыбарым щымыгуфIыкIа къахэкIагъэнкъым ар зыхэта, зыцIыхуу щыта зауэлIхэм, хуэфащэ дыдэщ а щIалэ гуейм а щIыхьыр».
АдэкIэ мызэуэфыну къалъытэри, Къардэныр дзэм къыхагъэкIыжауэ ТекIуэныгъэ Иныр къэтхьащ. Хэкум къигъэзэжри, унафэщI IэнатIэ зэхуэмыдэхэр иIыгъыурэ къекIуэкIащ. Мурат 1991 гъэм дунейм ехыжащ, ауэ абы и цIэр игъащIэкIэ тхыдэм къыхэнащ.
Сэлэтхэм
я пащхьэ
Илъэс куэдкIэ тхылъымпIэхэм ягъэпщкIуауэ къэрал архивым хэлъащ ПсэукIэ-Дахэ къуажэм щыщ Къардэн Уэхьид Совет Союзым и ЛIыхъужь хъун хуейуэ къащта унафэр.
Школым физкультурэмкIэ щригъаджэу къулыкъум яшауэ щыта щIалэм и щхьэм щымысхьыжу Хэкур ихъумащ, ТекIуэныгъэм папщIэ и псэр итащ.
НэгъуэщIу жыпIэмэ, шуудзэм и пулемётчикым езым и щхьэр игъэтIылъри, и зэуэгъухэр ажалым къригъэлащ, я гупыр къэухъуреихьыныгъэм къригъэкIыжащ. Абы щыгъуэм сэлэтхэм я пащхьэ щыжаIащ адыгэ щIалэм лIыгъэу зэрихьар зэрыгъунэншэр.
Дауэ щымытами, захуагъэр и щIыIу къэхъужащ. ТекIуэныгъэр илъэс 50 щрикъум ирихьэлIэу Къардэн Уэхьид Урысейм и ЛIыхъужь цIэ лъапIэр къыфIащащ.
Къардэн Уэхьид и фэеплъ сынышхуэ ПсэукIэ-Дахэ дэтщ, абы и цIэр зэрахьэ къуажэ уэрамхэм.
ЩIыгу
IэмыщIэ
Хэку зауэшхуэр иуха нэужь илъэс 45-рэ дэкIыжауэщ капитан, батальоным и командир Хьэбэч Умар къыщылъысыжар лъырэ и гъащIэмкIэ къихьа ЛIыхъужьыцIэр. 1990 гъэм дыгъэгъазэм и 11-м Совет Союзым и Президент Горбачев Михаил къыдигъэкIа унафэмкIэ щIигъэбыдыхьыжа къудейщ апхуэдиз илъэскIэ тхылъыншэу, ауэ хьэкъыпIэкIэ хуэфащэу Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэ лъапIэу адыгэлIым къихьар.
Апхуэдиз илъэскIэ Венэ къалэкум ит фэеплъ сыным капитан Хьэбэчыр Совет Союзым и ЛIыхъужьу тетхауэ щытами, зыхуэзэуа къэралым абы хуэфащэр лъигъэсыжатэкъым.
ГъуащагъэкIэ тратхауэ пIэрэ ар? Щхьэ лIыхъужь щыхъуам унафэ къыдэмыкIарэ адыгэлI гуейм теухуауэ?
А упщIэхэм псэхугъуэ къраттэкъым партым и Къэрэшей-Шэрджэс обкомым и етIуанэ секретару щыта Темыр Умар. Абы мурад ищIащ Хьэбэч Умар и лIыхъужьыгъэм и пэжыпIэр зэхигъэкIыну. Дэни щыщIэупщIэу, щылъыхъуэу щIидзащ. Абы зригъэщIащ Хьэбэчыр 1921 гъэм Ботэщей (иджы Малэ Зеленчук) къызэрыщалъхуар, Черкесск педучилищэр къиухыу Карачаевск къалэм дэта институтым зэрыщеджэжар, Алий-Бэрдыкъуэ къуажэм егъэджакIуэу зэрыщылэжьар, 1939 гъэм къулыкъум зэрашар, 1941-1943 гъэхэм уIэгъэ хьэлъэ зэрыхъуар, 1944 гъэм и шыщхьэуIу мазэм «Александр Невский» орденыр къызэрыратар, капитан, батальоным и командир зэрыхъуар, зэрыхэкIуэдар.
Темырым мурад ищIащ щIалэм и щIыхьыр зэфIэгъэувэжыныр Венэ къалэмкIэ къыщIидзэну. Абы ежьэным ипэкIэ, Хьэбэчым и анэ Гъагъэ хуэкIуащ. Бзылъхугъэ тхьэмыщкIэр гъыуэ хадэм ихьэри, щIыгу IэмыщIэ кърихащ: «Мыр си щIалэм и кхъащхьэм схутекIутэ», - жери.
Темырыр Венэ зэрынэсу, ди дзэ атташеуэ Австрием щыIэ полковник Юмашев Михаил зыхуигъэзащ.
- Хьэбэч Умар и хэкуэгъу Венэ къэкIуауэ австрийцхэм къащIэмэ, уаIэтынущ. Абы и хэкIуэдэкIар куэдым яцIыху икIи ягъэлъапIэ, щхьэхуит къэзыщIыжа лIыхъужьу къалъытэри, - жиIащ Юмашевым.
Абы гъэщIэгъуэн дыдэ щыхъуащ а зауэлI хъыжьэр Совет Союзым и ЛIыхъужьхэм иджыри къыздэсым зэрахэмытыр. Шварценберг утым ику дыдэм ит сыным тетхат Сталин Иосиф и унафэр. ТIощIрэ ещанэу абы къыщыгъэлъэгъуат Совет Союзым и ЛIыхъужь, гвардием и капитан Хьэбэч У.Хь.
Венэ тхылъ куэд щызэхуихьэсауэ Темыр Умар къигъэзэжри, иужь икIакъым Хьэбэчым и щIыхьыр зэфIимыгъэувэжу. Аращ зи фIыщIэр апхуэдиз илъэс дэкIыжа нэужь лIыхъужьым и пщIэр зэригъуэтыжар.
Зауэр иухыным махуэ бжыгъэ нэхъ къэмынэжауэ Умар Венэ къалэ щыхэкIуэдащ.
ИужькIэ къызэрыщIэкIыжамкIэ, Хьэбэч Умар тIэунейрэ хуагъэфэщауэ щытащ Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэ лъапIэр. Япэм Карелием щекIуэкIа зэхэуэшхуэм (1944 гъэ), етIуанэу Венэ хуит къыщащIыжым. Псалъэм къыдэкIуэу жытIэнщи, Хьэбэчым и батальоным хэтущ Къардэн Мурат Совет Союзым и ЛIыхъужь зэрыхъуар.
ИкIэм-икIэжым Умар щIыхьыцIэр зэригъуэтыжам щыгуфIыкIащ и лъэпкъри, адыгэ псори. Къэрэшей-Шэрджэсым и цIыхубэ тхакIуэ Брат Хьэбас «Хахуэм и вагъуэр ужьыхкъым» фIэщыгъэцIэ иIэу абы тхылъ хьэлэмэт тритхыхьащ, полковник Нежинский Валентинрэ журналист Адзын Мухьэмэдрэ «Уахътыншэм и гъуэгу» зыфIаща документальнэ повестри къыдагъэкIащ.
Совет Союзым и ЛIыхъужь Хьэбэч Умар и цIэр Хьэбэз районым и къуажэ уэрам нэхъыщхьэхэм, зыщеджа педучилищэм зэрахьэ, и фэеплъ сыни Ботэщей дэтщ.
ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "703.txt"
} |
Си гъащIэ - си дуней
ГукъэкIыжхэр
(ПэщIэдзэр шыщхьэуIум и 29-м итщ.)
Ди нэ къызыхуикI
Сэ сыартистщ, сымыартистами, си нэ къыхуикI зэпытынут дуней псом щыцIэрыIуэ киностудием – Голливудым. ЦIыху мелуанипщI зыдэс Лос-Анджелес къалэм дэтщ а киностудиер. Ар здэщыIэ хьэблэм дэсхэр псори артистщ, псэукIэфI яIэщ абыхэм, зыхуэныкъуэ щыIэкъым, унэ дэгъуэхэм щопсэу. Артист цIэрыIуэ куэд щылэжьащ Голливудым, абыхэм я фэеплъым хуосакъ нобэрей щIэблэр.
Махуэ къэс цIыху мелуаниплI щызэблокI Голливудым. Зы махуэкIи пхузэфIэкIынукъым, киностудие абрагъуэр къызэхэпкIухьын мурад пщIамэ. ДэнэкIи зыгъазэ – къабзэлъабзэщ, гъуэгухэми лъагъуэхэми техьи, уигу пэщыху къэкIухь, зыщIыпIэ дежи щыплъагъунукъым тхылъымпIэ кIапэ. УзримыхьэлIэххэнур псэущхьэхэрщ – Iэщ е джэдкъаз, ахэр щыплъагъунур киностудием убгъэдэкIрэ жыжьэ уIукIуэта нэужьщ. Голливудым щытраха фильм гуэрхэр тлъэгъуащ ди щIалэгъуэм. Дигу къэдгъэкIыжынщ «Тарзан»-р - мы киностудиеращ ар щытрахар. ЦIыху Iув щызэхэзокIуэ Голливудым и унэхэм, пщIантIэхэм - абыхэм я зы кIапэщ махуэр зи кIыхьагъым узыхунэсынур, ари мелуаниплIым уахэзэрыхьауэ. Уахэзэрыхьа щхьэкIэ, угъуэщэнукъым: дэтхэнэ лъагъуэми гъуазэ гуэр иIэщ, уигъэщхьэрыуэнукъым. Гузэвэгъуэ хэхуауэ зы цIыхуи щыплъагъунукъым Голливудым, ягурэ я щхьэрэ зэтелъщ псоми, Iэдэбщ, щэныфIэщ дэтхэнэри. Голливудым теухуауэ стхыр я фIэщ мыхъункIэ сошынэ. Си нэкIэ сымылъэгъуатэмэ, сэри си фIэщ мыхъунри хэлът: а псори тщабзыщIауэ дыкъагъэтэджащ дэ.
Голливудым щылажьэ артист зыбжанэм сазэрыIущIар си гуапэ хъуащ. ДызэрыцIыхури, псэлъэгъу дызэхуэхъуащ. СыкъыздикIар щажесIэм, я нэр къыстраубыдэри, ней-нейуэ къызэплъащ: «ЗэуакIуэ укъежьа?» - жаIагъэнщ ягукIэ. Дауи, зэуакIуэ сазэрыхуэмыкIуам щыгъуазэ хъунт ахэр - хъыбар Iэджэ зэхахырти, арагъэнщ къызыхахар. Ней-нейуэ къызэплъахэр щIэх дыдэ нэжэгужэ къэхъужащ, ныбжьэгъу дызэхуэхъуауэ дызэбгъэдэкIыжащ…
ПцIым лъакъуэ щIэткъым
Калифорнием дыщыIэху, етIысэхыпIэ димыIами ярейщ: пщыхьэщхьэ хъуамэ, унагъуэ гуэр дохьэ, абы жэщыбг хъуху дыщызэхэсщ, жэщ ныкъуэм нэгъуэщI зы унагъуэ дрегъэблагъэ. ДызыгъэхьэщIэм и унэм лъагъунлъагъу къакIуэр мащIэкъым. Унэм дыщихьэкIэ вакъэр лъыдагъэхыркъым - ар Америкэм щымыхабзэущ къызэрыджаIэр. Дэнэ деблагъэми, щынэ е гуэгуш гъэжьауэ Iэнэм къытралъхьэ. Джэд зэзэмызэщ щытлъагъур. Iэнэм къытралъхьэ адыгэ пIастэ, бжьыныху шыпс, кхъуейжьапхъэ, американ, хьэрып шхыныгъуэхэри къыщIагъу. Адыгэ шхыныгъуэхэм пащI щыIэкъым – абы гу лъыстащ, дэнэ унагъуэ симыхьами. Фади къытрагъэувэ Iэнэм, еIуб фIэкIа ирагъэлейркъым.. Къэхьауэ (кофе), шей - абыкIэ щIачэркъым, зэпамыгъэуххэр тутынырщ. Хъуэхъу кIыхьыр яфIэфIкъым. Пшынэр къащтэ, шхэныр зэфIэкIамэ. Нэхущ хъуху зэпыунукъым абы и макъыр.
НэгъуэщI къэрал къикIауэ хьэщIэ къахуэкIуамэ, дэ дызэрыс унэм нрашэ – ар хабзэ яхуэхъуащ Шыкъхэ дазэрыхыхьэ лъандэрэ. Дыуэршэрурэ дызэхэсщ къытхуеблэгъамрэ дэрэ. Ди программэм къызэрыщагъэлъэгъуащи, къыщIэупщIэмэ, уэрэд къыхыдодзэ, абы псори къыдожьу. Дешауэ, жей дыхуэныкъуауэ къыхэдгъэщыркъым, яфIэгуапэр яжетIэмэ, и гур дгъэзагъэмэ, дэ нэгъуэщI дыхуейкъым. Уэрэдым кIэлъокIуэ хъыбархэр – бысымми къытхуеблагъэхэми зыщIэупщIэн я мащIэкъым. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, нэхъыбэрэ зыщIэупщIэр хэкужьым и хъыбарщ: сыт я псэукIэ Кавказым къинахэм, сыт я IуэхущIафэ? ЛIэщIыгъуэм куэдкIэ щIигъуащ ахэр адэжь щIыналъэм пэIэщIэ зэрыхъурэ. нобэ сыт я дуней ди лъэпкъэгъухэм? Абы и пэжыпIэр ящIэмэ, я гукъыдэжыр нэхъ ин хъуауэ фэ ябоплъ.
Хэкужьым къикIахэм ябгъэдэсщ нобэ, йоуэршэрылIэ. IуэрыIуэтэжурэ зэхах хъыбарым нэхърэ нэхъ яфIэкъабылщ лъагъунлъагъу къэкIуа хьэщIэхэм я псалъэр. Хэкужьым къикIауэ артистхэр, пшынауэхэр я щыпэлъагъущ бысымхэм, абыхэм зэрабгъэдэсым иропагэ, я нэм, я псэм дыхуахь, зыкъытщагъэнщIыркъым, я упщIэхэр куэд дыдэщ. ЗэрытхузэфIэкIкIэ жэуап идот, зыри щIэдуфэркъым, ящыдбзыщIыркъым. ПцIым лъакъуэ щIэткъым, нобэ пцIы яхуэдупсмэ, пщэдей къыщIэщыжынущ – ди напэр щытекIар итIанэкъэ!
Нэху къыттещхьэху дыпсалъэу дызэрыщысар ящIэрэ пэт, пщэдджыжьым жьыуэ лъэIуакIуэ къытхуэкIуэри мащIэкъым: «Сыхьэт ныкъуэ нэхъ мыхъуми, си унэ фынихьэ!» «Хэкужьым къикIауэ хьэщIэ исащ абы и унэм», - аркъудейр къызэрыхужаIэнум нэхъ хэмылъми, ди ужь икIыркъым лъэIуакIуэхэр. Дауи, апхуэдэр тхуэгъэщIэхъунутэкъым дэ, чэзууэ псори зэщIэдгъэхьэн тхузэфIэмыкIми.
Адыгэм и зэхыхьэн зэрыкIыхьым хуэдэщ и зэхэкIыжынри. КъыддогушыIэ: «Вгъэзэжмэ, зывгъэпсэхужынщ, нобэ гугъу зыкъыддевгъэхь, етIуанэ гъуэгу дэнэ фыкъитхыжын?» Дешауэ фэ ттеткъым дэ, е ягу къытщIэгъуа, сытми, къытхуэсакъ зэпытащ дахэтыху, тхуэмышэчын хьэлъэ къыттралъхьакъым, дигу хэзыгъэщIын псалъэ зэхыдагъэхакъым.
Дешауэ фэ къыдаплъми, абы гу лъыдмытафэ зытедгъауэрт дэ, къыщыдэджэм дыхьэзырт. Нэхъыбэрэ дызэIущIэмэ, нэхъ къатщтэрт. Арат гъуэгу жыжьэ дыщIытехьар. ЗыщIэупщIэхэм жэуап тэмэм тхуетмэ, ягу дгъэзагъэмэ, дэ нэгъуэщI дыхуейтэкъым. Аращ зи ужь дитар, хьэщIапIэ дисыху. Ар къыдэхъулIауэ плъытэ хъунущ.
Нью-Йорк дэт
Къэбэрдей Адыгэ Хасэм
дрегъэблагъэ
ПщыхьэщхьэкIэрэ дыщызэIущIэхэм деж цIыху Iущ куэдым нэIуасэ дахуэхъуащ. Абыхэм ящыщщ Лъэцэрыкъуэ Iэюб. Сирием къикIауэ, адыгэ IуэрыIуатэр (хъыбарыжьхэр, таурыхъхэр, псысэхэр, уэрэдыжьхэр) зэхуехьэс абы. Iэюб пщыхьэщхьэ зыбжанэкIэ ди гъусащ, и ныбжь хэкIуэтами, цIыху жанщ ар, лъэрызехьэщ, гурыхуэщ. Адыгейм исщ Iэюб и унэкъуэщ, ди пшынауэ Iэзэм, Лъэцэрыкъуэ Ким, и хъыбар щыгъуазэщ. Iэюб абы фIэхъус гуапэ къыхузигъэхьыжащ.
Хамэ къэралхэм къикIыурэ адыгэ куэд къыткIэлъыкIуэ хъуащ иужьрей зэманым, дяпэкIэ нэхъыбэж хъун си гугъэщ ахэр. Дызэрыт зэманым и фIыгъэщ ар, ди деж лъагъунлъагъу къэкIуэнум пэрыуэн щыIэжкъым. Ди жагъуэ хъур нэгъуэщIщ: зыплъыхьакIуэ, лъагъунлъагъу къакIуэ фIэкIа, хэкужьым щетIысэхыжын мурад зиIэр мащIэщ. ДызэпыIудзауэ щытащ нэхъапэIуэм, дызэкIэлъыкIуэн къыдэхъулIащэртэкъым, лъэпощхьэпор, щхьэусыгъуэр ди мащIэтэкъым - дэри хамэ къэралхэм щыпсэу адыгэхэми. Иджы, Тхьэм и шыкурщи, ди бжэр зэIухащ, лъакъуэпэщIэдз къытхуащIыжыркъым, дызэкIэлъыкIуэнуми дызэрылъагъунуми дэращ зэлъытащ - ди жэрдэмрэ ди гукъыдэжрэщ. Лъагъунлъагъу укIуэнри къыпкIэлъыкIуэнри хъарзынэщ, ауэ аркъудеймкIэ зэфIэкIынукъым, абы Iуэху куэд къылъыкъуэкIынущ. КъылъыкъуэкIын хуейщ, дыадыгэмэ, ди лъэпкъым и гукъеуэр, и гуращэр зыхэтщIэмэ…
Апхуэдэ гупсысэм сыхэджэрэзауэ сыздэщысым, ХьэфIыцIэ Мухьэмэд унэм къихьэри къызжиIащ:
- Нью-Йорк дэт хасэм дрегъэблагъэ, къытпоплъэ, зы тхьэмахуэ хуэдэкIэ дахэтмэ, я гуапэ хъунущ.
Мухьэмэд къызжиIар си гуапэ хъуащ.
- Апхуэдэ лъэIу щаIэкIэ, дыкIуэнщ, дахыхьэнщ, дгъэщIэхъункъым, - арэзы сыхъуащ сэ.
- Дезыгъэблагъэр Патерсон дэт Къэбэрдей Адыгэ Хасэращ, - жиIащ Мухьэмэд. ЗаулкIэ зиIэжьэри, сэмэркъоурэ къыщIигъужащ: - Дезыгъэблагъэр Къэбэрдей Хасэращ, Бжьэдыгъу Хасэракъым. Бжьэдыгъухэм уахыхьэмэ, къэбэрдейхэм яфIэфI хъущэнукъым, уеблэмэ я жагъуэ хъунущ. КъыбгурыIуэрэ ар?
- Ар хъун? – сыкъэуIэбжьащ сэ. – Сэ Адыгейм сыкъикIащ. Адыгэкъэ бжьэдыгъухэр? ЕмыкIу длэжь хъурэ? Ягу къыдэбгъэнкъэ?
- ЕмыкIуми екIугъэми, аращ Iуэхур зытетыр. Бжьэдыгъухэм уахыхьэмэ, къэбэрдейхэм яфIэфI хъунукъым, - аргуэру мэгушыIэ Мухьэмэд. - Акъылэгъу укъыздэмыхъумэ, дыкIуэххэнкъым. Ар жысIэ щхьэкIэ, дыкIуэн хуейуэ къыттохуэ: мыбы дыкъыщыса махуэм щыщIэдзауэ къызолъэIу къэбэрдейхэр, дахэмыхьэмэ, я гум деуауэ аращ, зыкъытхуагъэгусэнущ, - трегъэчыныхь иджы ХьэфIыцIэм.
- Бжьэдыгъухэм я хасэм сыхамыгъэхьэн ялъэкIынкъым, - жысIащ сэ. – СыщыхэбгъэзыхькIэ, сыныбдэкIуэнщ. Бжьэдыгъури къэбэрдейри зыщ си дежкIэ – зэхэдз сщIыркъым.
(КъыкIэлъыкIуэнущ.)
Буддэ ди щыхьэту лъэпкъ Iуэхум дытопсэлъыхь ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ сэрэ.
Сан-Францискэ. 1989 гъэ, накъыгъэм и 15
Лас-Вегас и жэщ хьэщIэхэр: Мурат Чэпай, ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, Джэтауэ Самир.
Мурат Чэпай.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "704.txt"
} |
ЩIалэгъуалэм яIэщ проект гъэщIэгъуэнхэр
«Мэшыкъуэ-2019»
Псыхуабэ щекIуэкI щIалэгъуалэ форумым и ещанэ зэхыхьэм иджыблагъэ щагъэлъэпIащ Кавказ Ищхъэрэм и махуэр. Абы хэтыну къахуеблэгъат УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэ Матовников Александр, УФ-м Кавказ Ищхъэрэм и IуэхухэмкIэ и министр Чеботарёв Сергей сымэ.
- Мы утыкум IэмалыфI фыщиIэщ IуэхущIапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм я лIыкIуэхэм захуэвгъэзэну, куэд къызэрыфщIэнуми шэч къытесхьэркъым. Сыхуейщ фи IэщIагъэм и пIалъэ нэхъыфIу зэвгъэщIэну, фи мурадхэр гъащIэм хэпщэнымкIэ форумыр къыфхуэщхьэпэну, - жиIащ Матовниковым зэIущIэр къыщызэIуихым.
- Фытегушхуэу зэIущIэм фыкъызэрыхыхьам щхьэкIэ фIыщIэ ин фхузощI. Си щIалэгъуэм мыпхуэдэ Iэмал телъыджэ сызэримыIар си жагъуэ мэхъу. Фэ апхуэдэ Iэмал фиIэщи, къэвгъэсэбэп. Си гуапэ хъунущ лэжьэгъу тхуэхъунухэр мыгувэу къыфхэкIыну, - къыхигъэщащ Чеботарёв Сергей къыщыпсалъэм. - Хьэрычэт мащIэмрэ курытымрэ зегъэужьыпхъэщ. 2019 - 2025 гъэхэм а унэтIыныгъэм папщIэ Кавказ Ищхъэрэм сом мелард 56-рэ къыхуаутIыпщащ. IэмалыфI дыдэ фиIэщ фи Iуэху къызэIуфхыжыну.
ЗэIущIэм хэтхэм къыхалъхьащ щIалэгъуалэ правительствэхэм я форум къызэрагъэпэщыну икIи абы нэхъыфIу зыкъыщызыгъэлъагъуэхэр къэрал къулыкъущIапIэхэм щылэжьэфынухэм я резервым хатхэну. Матовниковым апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэр игу ирихьащ.
- Кадрхэм я IуэхукIэ Кавказ Ищхъэрэр, пэжу, гугъуехь куэдым хэтщ. Ди дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ щIалэгъуалэм гъуэгу етыным. ЦIыху нэIурыту фызэрыщытыр гъащIэм сэбэп къыщыфхуэхъуну сыхуейщ. Фи зэфIэкIхэр утыку къифхьэ, гу зылъевгъатэ, - жиIащ полномочнэ лIыкIуэм.
КИФЩI-м и махуэр Iэтауэ ягъэлъэпIащ. Хабзэ зэрыхъуауэ, форумыр щекIуэкI утыкум лъэпкъ пщIантIэхэр екIуу щагъэуват. Апхуэдэу, Осетие Ищхъэрэ - Аланием и пщыIэм щIэлъ хьэпшып псоми къахэлыдыкIырт я лъэпкъ фащэкIэ хуэпа гуащэ екIу цIыкIухэр. Дагъыстэным къикIахэм цIэрыIуэ дыдэ хъуа тэбэсэран алэрыбгъухэмрэ дыщэхэкI телъыджэхэмрэ ягъэлъэгъуащ.Къэбэрдей-Балъкъэрым и гупым я лъэпкъ шхыныгъуэ IэфIхэр берычэту къытрагъэуват, я Iэщэ-фащэр, IэрыкI екIухэр къызэхуэсахэм ирагъэцIыхуащ.
Махуэм и кIэухыу къызэрагъэпэща концерт иным Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэ псоми я артистхэр хэтащ. Ар къыщызэIуахым КИФЩI-м и щIыналъэхэм я Iэтащхьэхэм форумым хэтхэм псалъэ гуапэкIэ зыхуагъэзащ.
ШыщхьэуIум и 27-м ирагъэжьауэ а зэхыхьэм екIуэлIа ныбжьыщIэхэм я проектхэр щыпхагъэкI. IэщIагъэлI 27-рэ хоплъэ лэжьыгъэхэм. НыбжьыщIэхэм дакъикъищ къудейщ къратыр я Iуэху бгъэдыхьэкIэм и ефIэкIыныгъэхэр къагъэлъэгъуэну, абы щыщу дакъикъитIым къэпщытакIуэхэм я упщIэхэм жэуап иратын хуейщ.
Иджырей зэхыхьэм утыку ирахьахэм ящыщу нэхъ гъэщIэгъуэнхэщ Шэшэным щыщ хъыджэбзым «Шаг в будущее» фIэщыгъэм щIэту къигъэлъэгъуар. Абы зэритымкIэ, зи Iэпкълъэпкъым сэкъат иIэ сабий 70-м спорт утыку къахузэригъэпэщынущ. А проектым республикэр хуабжьу хуэныкъуэщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, Шэшэныр ящыщщ я Iэ- я лъэ къызыдэмыбзэу ди къэралым цIыху нэхъыбэ щыпсэу щIыналъэхэм.
Ингушым щыщ пщащэм адэ-анэм я нэIэ щIэмытыжу къэна сабийхэм дэIэпыкъуныгъэ етыным ехьэлIа лэжьыгъэ игъэхьэзырат. Абы зэрыжиIэмкIэ, сабий унэм къыщIэкIахэр гъащIэм тыншу хэзагъэркъым, лэжьыгъэ IэнатIэ ягъуэтыркъым. Проектым ипкъ иткIэ юридическэ дэIэпыкъуныгъэкIэ, лэжьыгъэ IэнатIэ етынымкIэ защIигъэкъуэнущ.
Мылъку къегъэщIыным пымыщIа IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэм я проектхэр шыщхьэуIум и 28-м ягъэлъэгъуащ.
Форумым екIуэлIа щIалэгъуалэм псом хуэмыдэу гуимыхуж ящыхъуащ актёр цIэрыIуэ Безруков Сергей щыIущIа махуэр. Усыгъэм, кинематографием, театрым, щIалэгъуалэм я гъэсэныгъэм, гъащIэм гъуэгу захуэ къызэрыщыхэпхынум, нэгъуэщI куэдми тепсэлъыхьащ ахэр.
- Зыгуэр пхъуэжыну, ебгъэфIэкIуэну ухущIэкъумэ, ар хьэлыфIщ, цIыху пэрытым и хьэлщи, фытегушхуэ. IэщIагъэ къыщыхэпхым деж фIыуэ уегупсысыпхъэщ, - жиIащ Безруковым.
Усыгъэми гулъытэ хэха щыхуащIащ а зэIущIэм.
– УсакIуэхэр я IэдакъэщIэкIхэм къыщеджэкIэ езым я рифмэр хэкъузауэ къапсэлъ, езыхэм я дежкIэ нэхъыщхьэр аращи. Ауэ актёрыр къыщеджэкIэ авторым абы щIилъхьа гурыщIэм лъэIэсын, ар къодаIуэм деж нэпхьэсыжыфын хуейщ,- псалъэхэм иужькIэ езы Безруковым фIыуэ илъагъу Есенин Сергей и «Письмо к женщине» усэм къахуеджащ.
И IэщIагъэр къызэрыхихам, гъащIэм гъуазэ щыхуэхъуа цIыхухэм щIэупщIахэри жэуапыншэ ищIакъым абы.
- Сызыдэплъеяр си егъэджакIуэхэрщ. IэщIагъэм сыхуезыгъэсар си адэращ. Сэ нобэ сиIэ зэфIэкI псори зи фIыщIэр аращ. IэщIагъэр къыхэсхынымкIэ гугъу сехьакъым, актёр унагъуэм сыкъыщалъхуати, си натIэм «итыр» арат.
Киномрэ театрымрэ я гугъу щащIым, Безруковым ныбжьыщIэхэм чэнджэщ яритащ нэхъыбэрэ театрым кIуэну, абы къуит гупсэхугъуэмрэ къарумрэ хуэдэ нэгъуэщI зыщIыпIи зэрыщумыгъуэтынури дыщIигъужащ.
- КъывэмыпцIыжын ныбжьэгъухэр зэвгъэпэщ, гуп пэж фыхэтмэ, фи Iуэхури кIуэтэнущ, - захуигъэзащ Безруковым щIалэгъуалэм.
Щомахуэ Залинэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "705.txt"
} |
ТхылъыщIэм и лъэтеувэ
Тхылъым хагъэхьащ Налшык къалэм и гимназие №14-м урысыбзэмрэ литературэмкIэ и егъэджакIуэ, а школым егъэджакIуэхэм папщIэ къыщыдагъэкI «Кабардино-черкесский язык и литература в школе» методикэ газетым и редактор нэхъыщхьэ Къудей Фаридэ, Бахъсэн къалэм и курыт еджапIэ №8-м и унафэщIым и къуэдзэ, абы инджылызыбзэмкIэ щезыгъаджэ Мэржэхъу ФатIимэ, «Лескенская газета» район газетым и редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэ ХьэщIэлI Заирэ, адыгэ фэилъхьэгъуэхэр къэгъэщIэрэщIэжынымкIэ дизайнер цIэрыIуэ Бэджокъуэ Бэллэ сымэ я усэхэр.
Къудей Фаридэрэ Мэржэхъу ФатIимэрэ егъэджакIуэхэмрэ студентхэмрэ ядэгуэшащ усэ тхыным и щэхухэмкIэ икIи тхакIуэ ныбжьыщIэхэм чэнджэщхэр иратащ тхылъ къызэрыдагъэкIынум теухуауэ.
УсакIуэхэм къыхагъэщащ зэрымыщIэкIэ иджырей социальнэ сайтхэм зэрыщызэрыцIыхуар, тхылъ къыдагъэкIынуи зэрызэгурыIуар. НапэкIуэцIи 150-м нэблагъэ зи Iувагъ тхылъым хагъэхьащ усэхэр, гукъэкIыжхэр, литературэ батлхэр, нэгъуэщIхэри. Тхылъым и фIэщыгъэр къыхахащ Мэржэхъу ФатIимэ и усэхэм ящыщ зым.
УсакIуэхэр я IэдакъэщIэкIхэм къахуеджащ пшыхьым къекIуэлIахэм. Зэхыхьэм хэтахэр тепсэлъыхьащ усэхэм я фIагъым. КъБКъУ-м урысыбзэмрэ бзэ щIэныгъэхэмкIэ и кафедрэм и унафэщI Башиевэ Светланэ къыхилъхьащ я еджапIэм литературэ семинар щрагъэкIуэкIыну, «Точка кипения» тхылъым зи лэжьыгъэхэр хагъэхьахэм я гъащIэмрэ гуащIэмрэ теухуауэ. Студентхэм я «Импровизация» театр клубым и унафэщI, «Филология» унэтIыныгъэм и япэ курсым щIэс Каспаровэ Армине мурад ищIащ къыдэкIыгъуэм зи IэдакъэщIэкIхэр ихуа тхакIуэхэмрэ усакIуэхэмрэ я тхыгъэхэм теплъэгъуэхэр къытрищIыкIыну.
Тхылъыр экземпляр 300 хъууэ дунейм къытехьащ икIи ахэр ИнтернетымкIэ зэбграгъэхащ. мыгувэу ар етIуанэу къыдагъэкIыжынущ. Абы хагъэхьэжынущ «Точка кипения» эссер, нэгъуэщI тхыгъэхэр. «Платформа Национальной технологической инициативы» мыкоммерцэ IуэхущIапIэм КъБКъУ-м фокIадэм и 4 - 7-хэм къыщызэригъэпэщыну «Точка кипения» стратегие сессием зыкърезыгъэхьэлIэнухэм къыдэкIыгъуэр я пащхьэ иралъхьэнущ. Абы щызэхуэсынущ Урысей Федерацэм и щIыналъэ 50-м я лIыкIуэхэр.
БЖЬЫХЬЭЛI Розэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "706.txt"
} |
Усэхэр
Сигу укъокI
- Узмылъагъуу махуэр дэкIым,
Сигу укъокIыр, дахэкIей,
Укъэзмышэу бжьыхьэр блэкIым,
СыкIуэдынущ, си дуней.
- Мы дунейм уэ ущыкIуэдкIэ,
Бэлыхьышхуэ къэмыхъун.
Уэ мыхъумыщIэм сыбдэкIуэну
Си гум зэи къэмыкIын.
- Iау, дахащэ, щхьэ апхуэдэу
Си гур занщIэу къэбуIа.
Сэ си псалъэм етIуанэ
Къытезгъазэу семыса.
- Ухуейм зэи къытумыгъазэ,
Ухуейм тIощIрэ къебжэкIыж,
Сэ бжесIам зэ уэ щыгъуазэ
Ухъуам, кIуэ иджы, IукIыж.
- СыкIуэжынщ сэ, уэ зэгъащIэ -
Сэ си псалъэм семыпцIыж.
Си лэгъунэм ущIэсыным
Къэнэжари мыкуэдыж.
* * *
Зэщхьэгъусэхэу Тимуррэ
Ритэрэ яхузотх
Уи цIэ дыдэр схужымыIэу,
ПфIэсщащ Артур нэкъуэлэн.
ЦIэфIэщ джанэ хуэдэу усэ
Иджы сфIощI пхузэхэслъхьэн.
Уи щхьэгъусэ цIыхуфI Ритэ
Къысхуэзэшу махуэр ехь.
Лъагъуныгъэ дахэ фиIэм
Толъкъун фIыгъуэр къыфхурехь.
Гугъэр къыздэгуэш
ГъащIэшхуэ тхьэм къуит, си лъагъуныгъэ.
Сэ куэд щIауэ пщIыхьу услъэгъуат.
Сышынауэ нахуэ мыхъужынкIэ,
Ар си гущIэм куууэ щызгъэпщкIуат.
КIуэ пэтыхуи нэхъ гъунэгъу укъохъур,
Хъуну щытмэ, гугъэр къыздэгуэш.
СыноплъыхукIэ си нэм тхьэ ущохъур,
ИкIи гумрэ псэмрэ зэрогъэшх.
Зэрогъэшхыр - къыхэсхын сымыщIэу
Я кум сыдокIуадэ - сыкъегъэл.
Хэт уимыгъусами, укъысщыщIэу
КъасщIэм, сынэкIуэнущ - уигу игъэлъ.
Си дуней
Сэ сыхэт, уэ уэлъытауэ,
Си къэкIуэнум и дуней?
Вагъуэ лыдыр къепхьэхауэ
Си гу къабзэм щогъэжей.
Жэщи махуи сыбгъэгушхуэу
Уэ си пщIыхьым гъащIэр щохь.
Зыри зым щымыщ уэрыншэу,
Уэрыншамэ, сэ лей сохъу.
Дауэ сыхъужыну?
Лъагъуныгъэ гъатхэ,
Дэнэ уэ уи лъахэр?
Си гур уэ уогъатхэ
Жэщ мазэгъуэ дахэм.
Насып къызумыту,
Гъатхэ, уэ укIуасэм,
Дауэ сыхъужыну,
Бжьыхьэ щIыIэр къэсым?
Пхузотх усэ
«Пхузотх усэ, си дуней - си гъащIэ,
КхъыIэ, сызэхэх уэ - сынолъэIу», -
СепIэщIэкIыу къезгъэблагъэ гъатхэм
Хуэму и макъ дахэр къысхуегъэIу.
Схузэхэплъхьэу хъуари зэхызохыр -
Си гур уи псэлъэгъущи, бдоуэршэр.
Псышхуэм сыхишэну ар къызоджэ,
Лъагъуныгъэм и псыр сыту уэр.
«Сэ уэр щхьэкIэ сымыщIэн щымыIэ», -
Гъатхэм и усэным къыпещэж.
«Хьэуэ» зэрыжаIэри сымыщIэу,
СокIуэ, жиIэу хъуари сфIэщIу пэж.
Сыхуеймэ…
Къызэплъ, къызэпсалъэ,
Си зэшыр тегъэу,
Узотыр сэ пIалъэ -
Псыр уэру къигъэу.
Сыхуеймэ, вагъуэбэм
Си лъагъуэ пхыщIыкI,
Утесу уэ хуарэм
ЛъагъуэщIэм пхырыкI.
Сыхуеймэ, мо мазэр
Къысхуэхьи къэкIуэж,
Арыншэм, къэгъазэ
УимыIэу ежьэж.
КIуэдыжащ
КIуэдыжащ си лъагъуныгъэр,
Мылым хуэдэу, сфIэткIужащ.
И гъусащ абы, си гугъэр -
Ари пщIыхьым хыхьэжащ.
Дэнэ щыIэ уи сурэтыр?
Ар си гъащIэм щхьэ хэпха?
Ди зэхуэдэу гум щыдгъэпщкIур
Мыхъужыну щхьэ жыпIа?
Лъагъуныгъэу едгъэжьари,
Пщэдджыжь пшагъуэу, кIуэдыжащ,
Гъатхэ дахэу здетхьэкIари
Бжьыхьэ жэпти, текIыжащ.
Гъатхэмэ
Гъатхэмэ къысIурыуэм,
Аргуэру щIэ сегъэтх,
Сигъэтхыу си гум щыщIэм
ЩIэ гуэр хилъхьэну хэтщ.
Хрелъхьэ хуейми, содэ,
Сымыдэр сэ нэгъуэщIт:
НэгъуэщIым ейм кIэлъыжэ
Къысщыхъуу, си гур хэщIт.
Тау Нинэ
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "707.txt"
} |
Къэзахъстаныр зыгъэбжьыфIа адыгэхэр
Я зэфIэкIыр къыщагъэлъэгъуэныр къалъыхъуэу 2000 гъэхэм и пэщIэдзэм ди республикэм и футболист, тренер зыбжанэ Къэзахъстаным къыщыхутащ. Абыхэм я цIэр фIыкIэ къыханащ а къэралыгъуэм и тхыдэм. Къапщтэмэ, илъэс зэмылIэужьыгъуэхэм Къэзахъстаным и тренер нэхъыфIу къалъытащ Къумыкъу Виктор, футболист икIи гъуащхьауэ нэхъ лъэщ хъуащ ЛIыхъугу Арсен. А къэралым и щIыхьыр дунейпсо утыкум щахъумащ я командэ къыхэхам ирагъэблэгъахэу ЛIыхъугу Арсен, Узденов Роман, Джатэрывэ Къазбэч сымэ, нэгъуэщIхэми. Къэзахъстаным и гуп къыхэхар илъэс зыбжанэкIэ игъэсащ ди лъахэгъу Красножан Юрэ, абы и дэIэпыкъуэгъуу щытащ Къумыкъу Виктор. Нобэ я гугъу фхуэтщIынщ а къэралыгъуэр топджэгумкIэ зыгъэбжьыфIа адыгэ щIалэхэм.
Чемпионхэм я лигэм и «куэбжэр» къызэIузыха ЛIыхъугу Арсен
ЛIыхъугу Арсен яхэмытамэ, Къэзахъстаным и командэ нэхъыфIхэу «Астана»-мрэ (нэхъапэм - «Женис») «Кайрат»-мрэ я ехъулIэныгъэхэр куэдкIэ нэхъ мащIэнут. ЖыпIэну ирикъунщ ди лъэпкъэгъур а къэралым и чемпионатым и гъуащхьауэ нэхъ Iэзэ дыдэ 2001, 2004 гъэхэм зэрыхъуар. ЯпэщIыкIэ Астана и «Женис»-м хэту Арсен и хьэрхуэрэгъухэм топ 30 яхудигъэкIащ (ахуэдиз нэхъапэм зыми къехъулIатэкъым), иужькIэ «Кайрат»-м хыхьэри, абыи 22-рэ къыщыхэжаныкIащ.
ЛIыхъугу Арсен 1976 гъэм щэкIуэгъуэм (ноябрым) и 3-м Урыху къуажэм къыщалъхуащ. Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым хэт Бахъсэн и «Автозапчасть»-м, и ныбжьыр иджыри илъэс пщыкIуий иримыкъуауэ, джэгун щригъэжьащ. ИужькIэ Налшык и «Спартак»-мрэ Нарткъалэ и «Нартымрэ» 1997-1999 гъэхэм щыIащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ нэхъыщхьэм хэту зэIущIэ 61-рэ иригъэкIуэкIащ икIи топ 13 дигъэкIащ. 2000 гъэм лигэ нэхъыщхьэм щыджэгу Новгород Ищхъэрэ и «Локомотив»-м ирагъэблэгъащ икIи къыщыхэжаныкIыну хузэфIэкIащ.
Топ джэгуным адэкIэ Къэзахъстаным щыпищащ. 2001 гъэм къыщыщIэдзауэ абы зэрыщыIа илъэсихым къриубыдэу зэфIэкI лъагэ иIэу зыкъыщигъэлъэгъуащ «Есиль»-м, «Кайрат»-м, «Астана»-м. Иужьым и щIыхьыр ихъумэу 2007 гъэм Европэм и Чемпионхэм я лигэм къыщыхэжаныкIащ. Ар апхуэдэ мыхьэнэшхуэ зиIэ зэпеуэм щыджэгуу адыгэ щIалэхэм япэу дагъэкIа топщ.
Алма-Ата и «Кайрат»-м хэту ЛIыхъугу Арсен Къэзахъстаным и чемпион 2004 гъэм хъуащ, а къэралым и кубокыр тIэунейрэ (2002, 2003 гъэхэм) зыIэригъэхьащ. Адыгэ щIалэм и щхьэзакъуэ ехъулIэныгъэхэри мащIэкъым. Къапщтэмэ, Астана и «Женис»-м хэту топ 30 зэхьэзэхуэм щыдигъэкIа 2001 гъэм ЛIыхъугу Арсен «Къэзахъстаным и футболист нэхъыфI» цIэ лъапIэр къыфIащащ.
2004 гъэм Къэзахъстаным и командэ къыхэхам ираджэри, абы и щIыхьыр ихъумэу зы зэIущIэ иригъэкIуэкIащ.
Топджэгум щыхэта иужь илъэсым (2008 гъэм) Узбекистаным Iэпхъуэри, «Бухара» командэр игъэбжьыфIащ.
Къэралым и тренер нэхъыфI
Къумыкъу Виктор
Ди лъахэгъу Къумыкъу Виктор, нэхъапэм зэи къэмыхъуауэ, Караганда и «Шахтёр»-р Къэзахъстаным щынэхъ лъэщ дыдэ ищIащ икIи Европэм и Чемпионхэм я лигэмрэ УЕФА-м и кубокымрэ ехъулIэныгъэкIэ щигъэджэгуащ. КъищынэмыщIауэ, Азие Курытым и командэ куэдым я тренер нэхъыщхьэу щытащ икIи лъагапIэщIэхэр къаригъэщтащ. 2011 - 2013 гъэхэм Къэзахъстаным и тренер нэхъыфIу къалъытащ, а къэралым и командэ къыхэхар зыгъэсахэм яхэтащ.
Къумыкъу Виктор 1963 гъэм Налшык къыщалъхуащ икIи и гъащIэ псокIэ IэщIагъэ хуэхъуну топджэгум зыщыхуигъэсари япэ лъэбакъуэхэр щыхичари аращ. ЗэфIэкI лъагэ зиIэ гъуащхьэтет щIалэм пасэу гу къылъатащ икIи 1982 гъэм Волгоград и «Ротор»-м ирагъэблэгъащ. А лъэхъэнэм Совет Союзым и япэ лигэм ар щыджэгуащ.
Илъэситху дэкIри Налшык и «Спартак»-м хагъэхьащ. АрщхьэкIэ мыгувэу фэбжь хьэлъэ игъуэтри, къыхэкIыжащ. Абы щыгъуэми Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ нэхъыщхьэр IэщIыб ищIакъым. Зэман дэкIри, 1996-1998 гъэхэм и тренер нэхъыщхьэу къигъэзэжащ. Къумыкъум и унафэм щIэту налшыкдэсхэм зэIущIи 193-рэ ирагъэкIуэкIащ.
ФIыуэ илъагъуа IэщIагъэм ирилэжьэфын папщIэ Къумыкъур 2000 гъэхэм и пэщIэдзэм Азие Курытым Iэпхъуащ. Семипалатинск и «Елимай»-м, Какшетау и «Есиль»-м, Кызыл-Орда и «Кайсар»-м и тренер нэхъыщхьэу щытащ. ЗэIущIэхэм ящыщ зым Виктор и гъэсэнхэм судьям хуабжьу лей къащыкIэлъызэрихьэти, гупыр джэгупIэ губгъуэм къришыжащ. Ар, дауи, къыхуагъэгъуакъым икIи, и къулыкъум трагъэкIри, пIалъэ гуэркIэ Къэзахъстаным щылэжьэну хуимыту къыхуагъэуващ.
ИлъэситIкIэ зы команди игъэсакъым Къумыкъум. Абы щыгъуэми Iэмал игъуэтащ гупсэхуу и щIэныгъэм хигъэхъуэну, адрейхэм Iуэхур зэрыщызэтраублэм кIэлъыплъыну. Ар дапхуэдэу къехъулIами къигъэлъэгъуащ Узбекистаным зэрыщыIа къыкIэлъыкIуэ илъэсхэм. Къапщтэмэ, зэи къэмыхъуауэ, абы и унафэм щIэту «Машал»-мрэ «Насаф»-мрэ медалхэр зыхуагъэфащэ увыпIэхэр я къэралым къыщахьащ, кубокым и финалым щыджэгуащ, Азием и Чемпионхэм я лигэм хэтащ.
Къумыкъу Виктор Узбекистаным щиIа ехъулIэныгъэхэм гу щылъамытэу къэнакъым нэхъапэм щылэжьа Къэзахъстанми. Караганда щIыналъэм и аким (Iэтащхьэ) Ахметов Серик ар 2010 гъэм и кIэухым иригъэблэгъащ икIи зыхуеину псори хуищIэну къигъэгугъащ, я «Шахтёр» командэр къэралым и чемпион ищIрэ дунейпсо утыку иришэфмэ.
Курыт зэфIэкI фIэкIа Къэзахъстаным щызимыIэу щыта Караганда и «Шахтёр»-р нэхъапэм Налшык и «Спартак»-м щыджэгуа икIи зи тренер нэхъыщхьэу щыта Къумыкъу Виктор зэман кIэщIым къриубыдэу пашэ ищIащ. Зэи къэмыхъуауэ, 2011 гъэм ар къэралым и чемпион хъуащ. КъыкIэлъыкIуа илъэсми а ехъулIэныгъэ иным къытригъэзэжащ. Арати, адыгэ щIалэм и гъэсэнхэм европэпсо утыку ихьэну Iэмал ягъуэтащ (Къэзахъстаныр Европэм и Футбол Зэгухьэныгъэм (УЕФА-м) хэтщ). 2012 гъэм Чемпионхэм я лигэм хэтынухэр къызэрыхах зэхьэзэхуэм и япэ Iыхьэм фIэкIыфакъым. ЗакъригъэщIащ апхуэдэ Iэзагъ иджыри зэрабгъэдэмылъым.
КъыкIэлъыкIуа илъэсым щIэзыдза зэхьэзэхуэм «Шахтёр»-м и цIэр фIыкIэ Европэм щыжригъэIащ. Чемпионхэм я лигэм и гуп зэпеуэхэм хэтынухэр къыщыхах зэIущIэхэм абы япэу хьэрхуэрэгъу къыщыхуэхъуа Белоруссием и БАТЭ командэм илъэситI ипэкIэ псори зэригъэплъыжауэ щытащ, Мюнхен и «Бавария»-р и стадионым щыхигъащIэри. ГурыIуэгъуэт ар ныкъуэкъуэгъу лъэщу зэрыщытыр. АрщхьэкIэ Къумыкъум и гъэсэнхэр абы къигъэдзыхакъым икIи Чемпионхэм я лигэм къызэрыхах и етIуанэ Iыхьэм хыхьэ зэIущIитIми БАТЭ-р бжыгъэ зэщхькIэ, 1:0-у, щыхигъащIэри адэкIэ кIуэтащ. КъыкIэлъыкIуэу «Шахтёр»-м хьэрхуэрэгъу къыхуэхъуащ Баку и «Нефтчи»-м ефIэкIа Албанием и «Скендербеу» командэр. Ари ирагъэкIуэтэкIри, Къумыкъум и гъэсэнхэр Шотландием и «Селтик»-м пэщIэхуащ. Абы щытекIуэр Чемпионхэм я лигэм и гуп зэхьэзэхуэм кIуэнут икIи ягъуэтыну пщIэмрэ щIыхьымрэ къищынэмыщIауэ, доллар мелуанхэр къахэхъуэнут.
Караганда щекIуэкIа япэ зэIущIэр «Шахтёр»-м 2:0-у къызэрихьар псоми яфIэтелъыджэт. Куэдым къащыхъуат таурыхъым хэту. АрщхьэкIэ тхьэмахуэ дэкIри, щIылъэм къеувэхыжащ - «Селтик»-м Глазго игъэзэжа иужькIэ Къэзахъстаным икIахэр 3:0-у хигъэщIэжри, адэкIэ кIуэтащ. АрщхьэкIэ «Шахтёр»-р европэпсо утыку абы щхьэкIэ икIакъым. УЕФА-м и кубокым щIэбэнурэ абы ехъулIэныгъэ зыбжанэ а илъэсым зыIэригъэхьащ. А псори иджыри къэс Къэзахъстаным зэи щамылъэгъуа Iуэхугъуэ инт.
Дауи, Къумыкъу Виктор и пщIэр абыхэм лъагэу яIэтащ. Къэзахъстаным футболымкIэ и лигэ нэхъыщхьэм хэт командэхэм я капитанхэм, тренер нэхъыщхьэхэм, IэщIагъэлIхэм, ветеранхэм, журналистхэм я деж щрагъэкIуэкIа щIэупщIэныгъэхэм 2011, 2012, 2013 гъэхэм Илъэсым и тренер нэхъыщхьэ нэхъыфI дыдэу къыщалъытащ, зи унафэм щIэту а лъэхъэнэм къэралым и чемпион тIэунейрэ хъууэ европэпсо утыку лъэ быдэкIэ ихьа Караганда и «Шахтёр»-м и пашэ Къумыкъу Виктор.
«Азием Iэмал къызитащ си зэфIэкIыр здынэсыр къэзгъэлъэгъуэну. Абы къыхэкIыу ар фIыуэ солъагъу», - щыжиIащ Къумыкъум и интервьюхэм ящыщ зым. Иджы и чэзущ щалъхуа щIыпIэми къыхуэщхьэпэну – тренер IэщIагъэм и дежкIэ абы и ныбжьым иджыпсту и фIыгъуэ дыдэщ.
Дунейпсо чемпион хъунухэм
япэщIэта Джатэрывэ Къазбэч
Налшык и «Спартак»-м 2007 гъэм къыхагъэхьэхукIэ Джатэрывэ Къазбэч и хъыбар зэхэтхакъым. Адрей ди щIалэщIэ куэдхэми яхуэдэу, Къэбэрдей-Балъкъэрым футболым зыщыхуигъэса иужькIэ, ар и насып лъыхъуэу хамэ щIыпIэхэм къыщыщIидзащ икIи ящыгъупщэжащ. Гу щылъатар зыхэт Шахты къалэм и «Буревестник-ЮРГУС» командэмрэ дыдейхэмрэ зэныбжьэгъугъэ зэIущIэ зэдрагъэкIуэкIыущ. Налшыкдэсхэм я хьэрхуэрэгъухэм хуабжьу къахэжаныкI азиат теплъэ зиIэ щIалэм щыщIэупщIэм ар ди лъахэм къыщалъхуауэ икIи топджэгум зыщыхуигъэсауэ къыщIэкIащ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ Къазбэч къыщыхутащ премьер-лигэм а зэманым уей-уей щыжезыгъэIа Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ нэхъыщхьэм.
«Спартак-Налшыкым» и фащэр щыгъыу Джатэрывэр джэгупIэ губгъуэм япэу къыщихьар 2007 гъэм мэкъуауэгъуэм (июным) и 30-ращ. Владивосток къикIа «Луч»-м драгъэкIуэкI зэIущIэр иухыным дакъикъитI иIэжу абы Мэшыкъуэ Аслъэн ирагъэхъуэжащ. А зэман кIэщIыр щIыхухахар премьер-лигэм и IэфIыр мащIэу нэхъ мыхъуми зыIуигъэхуэн, абы щекIуэкI бэнэныгъэр зыхищIэн папщIэщ.
А илъэсым Къазбэч къэралым и чемпионатым джэгугъуитхурэ кубокыр къэхьыным ехьэлIа зэхьэзэхуэм зэIущIищрэ щригъэкIуэкIащ. Нэхъыбэу зыхэтар «Спартак-Налшыкым» и щIалэгъуалэ гупращ. Абы зыкъызэрыщигъэлъэгъуа джэгугъуэ 24-м топищ я хьэрхуэрэгъухэм щахудигъэкIащ.
КъыкIэлъыкIуэ 2008 гъэм щыщIэдзауэ гъуащхьэхъумэныкъуэ Джатэрывэ Къазбэч «Спартак-Налшыкым» и пашэхэм ящыщ зы хъуащ. Абы джэгукIэфI къигъэлъагъуэрт икIи и цIэр фIыкIэ Iуат. 2009 гъэм мэкъуауэгъуэм и 14-м ди командэм и тхыдэм хыхьа Iуэхугъуэ Налшык и «Спартак» стадионым къыщыхъуащ: премьер-лигэм зэрыхэтрэ топи 100-р ди командэм я хьэрхуэрэгъухэм яхудигъэкIащ. Абы кърихьэлIа цIыху минхэм ар дэрэжэгъуэ лей ящыхъуащ ди лъахэгъу Джатэрывэ Къазбэч къызэрехъулIам къыхэкIыу.
Адыгэ щIалэм и ехъулIэныгъэхэм хуабжьу дыщыгуфIыкIырт. Нэрылъагъут абы къэкIуэну дахэ зэриIэр. Езыми къыгурыIуэрт нэхъыбэж зэрыхуэфащэр икIи 2010 гъэм Къэзахъстаным ФутболымкIэ и федерацэм я къэралым и гуп къыхэхам хыхьэну зыкъыщыхуагъазэм, арэзы хъуащ. Ар куэд зыпэмыплъа Iуэхугъуэт икIи абы теухуауэ дыщеупщIым къыджиIат:
- Сэ къэралым и командэ къыхэхам сыхэту сыджэгуну сыхуейщ, - къыхигъэщат Къазбэч. – Урысейм апхуэдэ Iэмал щызиIэнукъым, къэзахъхэр абыкIэ къызолъэIу. Арати, сэ къыхэсхащ си Iэзагъым хуэныкъуэ къэралыгъуэм сызэрыригъэблэгъар. «Спартак-Налшыкым» и унафэщIхэми лъэбакъуэ тэмэм счауэ къалъытащ.
Пэж дыдэуи, зыкъигъэлъэгъуэн папщIэ Джатэрывэм и дежкIэ ар хэкIыпIэфIт. А зэманым щыIа хабзэхэм япкъ иткIэ дэтхэнэ футболистри сыт хуэдэ къэралми и командэ къыхэхам хыхьэну хуитт, нэгъуэщIым нэхъапэм хэмытамэ. Арати, гражданствэ тIууащIэ (Урысей Федерацэм ейм дэщIыгъуу Къэзахъстаным ейри) хузэрагъэпэщри, и Iуэхухэр тэмэму хузэфIагъэкIащ.
Зи цIыху хъуа къэралыщIэм и щIыхьыр ихъумэну Джатэрывэ Къазбэч Iэмал игъуэтащ 2010 гъэм фокIадэм (сентябрым) и 7-м. Европэм и чемпионатым и кIэух зэпеуэм хэтынухэр къыщыхах зэхьэзэхуэм ипкъ иткIэ Къэзахъстаным и командэ къыхэхам япэ дыдэу хэту Австрием пэщIэтащ. ИужькIэ джэгугъуэ зыбжанэми зыкъыщигъэлъэгъуащ. Псом хуэмыдэу гукъинэж хъуащ 2013 гъэм Германием и командэ къыхэхам зэрыдэджэгуар. Адыгэ щIалэр яхуэфэщэну япэщIэтащ илъэс дэкIмэ дунейпсо чемпион Бразилием щыхъуну нэмыцэ футболист гъуэзэджэхэу Клозе, Нойер, Мюллер, Ройс сымэ, нэгъуэщIхэми. А зы закъуэм щхьэкIэ Къэзахъстаным и командэ къыхэхам хыхьами ирикъунт.
2010 гъэр иухыхукIэщ Джатэрывэр «Спартак-Налшыкым» зэрыхэтыжар. ЗэрыщыIа илъэсиплIым псори зэхэту зэIущIэ 83-рэ щригъэкIуэкIарэ 3-м къыщыхэжаныкIауэ абы гупыр ибгынащ, пасэу зэращIылIа зэгурыIуэныгъэм и пIалъэр икIати.
Куэдым яфIэгъэщIэгъуэну ар хыхьащ япэ дивизионым щыджэгу Сочэ и «Жемчужина»-м. АрщхьэкIэ щыуауэ къыщIэкIащ – мазэ бжыгъэ нэхъ дэмыкIыу а гупыр зэхьэзэхуэм къыхагъэкIыжащ, мылъкукIэ зэрыпэмылъэщыр и щхьэусыгъуэу. Мыгувэу Владикавказ и «Алания»-м къащтащ. Абы дэщIыгъуу а илъэсым япэ дивизионым щытекIуэри, премьер-лигэм щыджэгуну хуитыныгъэ къихьащ. Къэралым и гуп нэхъыщхьэм зэрыхыхьэу владикавказдэсхэм нэгъуэщI футболист зыбжанэ кърагъэблэгъащ икIи Къазбэч хуэмурэ лей къэхъуащ. 2012 гъэм «Алания»-м хэту чемпионатым джэгугъуитIрэ кубокыр къэхьыным теухуа зэпеуэм зы зэIущIэрэ фIэкIа щыхамыгъэтым, гупым къыхэкIыжащ.
Абы иужькIэ иунэтIащ зи щIыхьыр дунейпсо утыкум щихъумэ Къэзахъстаным. Ар гуфIэжу къащтащ Алма-Ата и «Кайрат»-м. КъыкIэлъыкIуэу Шымкент и «Ордабасы»-м, Кызыл-Орда и «Кайсар»-м, Павлодар и «Иртыш»-м къыщыщIидзащ. Мы гъэм и пэщIэдзэм Актау и «Каспий»-м хыхьащ.
ЛIыхъу Арсен
Къумыкъу Виктор
Джатэрывэ Къазбэч
Жыласэ Заурбэч.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "708.txt"
} |
Премьер-лигэм дыщыхэта гуимыхуж илъэсхэр
2006 гъэм гъатхэпэм (мартым) и 18-м сыхьэтыр 16-м Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм тхыдэм хыхьа Iуэхугъуэ телъыджэ къыщыхъуащ – къэралым футболымкIэ и лигэ нэхъыщхьэм, зэи къэмыхъуауэ, ди республикэм и командэм джэгун щригъэжьащ. Япэу зыIущIари хэт?! Урысей Федерацэм и чемпион, УЕФА-мрэ ди къэралымрэ я кубокхэр зыIэщIэлъ, къытхуэзэным тхьэмахуэ иIэжу УФ-м и Суперкубокыр къэзыхьа Москва и ЦСКА-рщ!
Шэч зыми къытрихьэртэкъым Налшык и «Спартак» стадионым IэпэдэIупIэ зэримыIэнум. ИкIи ар гурыIуэгъуэт – куэд щIэхъуэпсырт иужькIэ щIэблэр зытепсэлъыхьыжыну Iуэхугъуэр я нэкIэ зрагъэлъагъуну.
Къэралым и командэ нэхъыфI дыдэхэм яхэту джэгуфын папщIэ Налшык и «Спартак»-м гъуэгуанэ кIыхь икIи гугъу икIуат. 1959 гъэм мэлыжьыхьым и 18-м СССР-м футболымкIэ «Б» классым щекIуэкIа зэхьэзэхуэм и япэ зэIущIэм щича япэ лъэбакъуэм лъандэрэ налшыкдэсхэм зэIущIэ 1766-рэ ирагъэкIуэкIат. Абыхэм ящыщу 476-р япэ дивизионым (лигэм) щыджэгуат.
Къэралпсо утыку зэрихьэрэ ди щIалэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр лъагэу яIэтат. Футболист ахъырзэманхэу Iэпщэ Александр, Туаев Къазбэч, Наурзокъуэ Юрэ, Ещтрэч Владимир, Лъэрыгу зэкъуэшхэу Викторрэ Къазбэчрэ, Мирзоев Виталий, КIурашын Олег, Биджий Хьэсэнбий, Хьэпэ Заур, Исаев Щамил, Саркисян Альберт, Дзэмыхь Анзор сымэ, нэгъуэщI куэди къэрал псом къищынэмыщIауэ, хамэ къэралхэми щыцIэрыIуэт.
Ди «Спартак»-ми текIуэныгъэ ин дыдэхэри иIат. Къапщтэмэ, сыт и уасэт 1965, 1970 гъэхэм етIуанэ лигэм хэт командэхэм я зэхьэзэхуэм псоми щефIэкIыу РСФСР-м и чемпион зэрыхъуар! Сыт хуэдиз дэрэжэгъуэ къритат абы Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм!
Зи цIэ къитIуа щIалэхэр, нэгъуэщI куэди Совет Союзым, иужькIэ Урысей Федерацэм и командэ нэхъыфIхэу Мэзкуу и «Спартак», «Динамо», «Локомотив», Тбилиси и «Динамо», Дон Iус Ростов и СКА, Баку и «Нефтчи», Донецк и «Шахтёр», Владикавказ и «Спартак-Алания» командэ лъэщхэм щыджэгуащ. Дэтхэнэ зы гупри ягъэбжьыфIэфынут ТыIэщ Хьэсэнбий, Настаев Щамил, Деремов Евгений, Бэч Руслан, Наурыз Басир, Гъубж Вячеслав, Трубицын Сергей… дэтхэнэм и цIэр къипIуэн?! НэхъыщIэIуэхэу ЛIыхъугу Арсен Къэзахъстаным и футбол чемпионатым и гъуащхьауэ нэхъыфIхэм ящыщ зыт, Нэхущ Руслан Урысей Федерацэм и щIалэгъуалэ командэм сыт щыгъуи ирагъэблагъэрт. Нобэ-пщэдей зи вагъуэхэр IупщIу къэблэнухэм хабжэрт Мэзкуу и «Спартак»- мрэ Урысей Федерацэм и ныбжьыщIэ командэ къыхэхамрэ я гъуащхьауэ Бажэ Амиррэ Франджым и «Марсель»-м щыджэгуну Iэ тезыдза Къэжэр Назиррэ.
Нэхъапэм ди футболист къыхэжаныкIхэм хамэ щIыпIэхэм я командэхэр ягъэбжьыфIэурэ къекIуэкIамэ, иджы дэ езым апхуэдэ гуп зэкъуэт лъэщ диIэ хъуат. 2005 гъэм и пэщIэдзэм зыми тегушхуауэ жиIэфынутэкъым япэ дивизионым щекIуэкIыну зэхьэзэхуэм щытекIуэнухэм ящыщ зы хъууэ Налшык и «Спартак»-р премьер-лигэм хыхьэну. АрщхьэкIэ мылъкушхуэрэ футболист, тренер цIэрыIуэхэмрэ зиIэ командэ лъэщхэм зэкъуэтыныгъэмрэ псэемыблэжыныгъэмрэ пэщIэзыгъэувэфа налшыкдэсхэм я кIэн къикIащ, Къэбэрдей-Балъкъэрым футболым щыдихьэххэм дэрэжэгъуэ ин кърату.
Гум зэи ихужынкъым ди «Спартак»-р премьер-лигэм зэрыкIуар щызэхэкIа 2005 гъэм щэкIуэгъуэм и 3-м стадионым и джэгупIэ губгъуэм и курыкупсэм адыгэ джэгушхуэ къыщызэIузыха цIыху минхэм я нэгум илъа гуфIэгъуэр. Абы хуэбгъэдэфынур налшыкдэсхэр РСФСР-м и чемпион щыхъуа 1965, 1970 гъэхэрщ.
Зыхэхуа премьер-лигэр иджыри къэс зыхэтахэм куэдкIэ къызэрыщхьэщыкIыр гурыIуэгъуэт. Зым и дежкIи щэхутэкъым абы ахъшэшхуэ дыдэ зэрыщызекIуэр икIи ар ирикъуу уимыIэмэ, къэралым и командэ нэхъыфIхэми уазэрыхэмызэгъэнур. Къапщтэмэ, Санкт-Петербург и «Зенит»-мрэ Мэзкуу и «Спартак»-мрэ абы щыгъуэм щIызэдауэ гъуащхьауэ щIалэщIэ Быстров Владимир уасэу хуагъэуват доллар мелуани 8. Ар Налшык и «Спартак»-м илъэс псокIэ и бюджетым хуэдитIкIэ щIигъурт. И гугъу тщIынкъым ЦСКА-м, «Спартак»-м, «Динамо»-м, «Локомотив»-м, адрейхэми мылъкуу ягъэкIуэдым и куэдагъым. Дауи, дэ къытхуэнэжыр ахэр зыхэщыпыхьа е бэджэнду пIалъэ гуэркIэ къыдата футболистхэмрэ ди деж къыщыхъухэмрэт.
2006 гъэм премьер-лигэм щекIуэкIыну зэхьэзэхуэм япэ дыдэу зыхуэзыгъэхьэзырын щIэзыдзар ди «Спартак»-рщ. Ар икIи гурыIуэгъуэт – къэралым и гуп лъэщым хэзэгъэн футболистхэр зэхуэшэсыпхъэт. Апхуэдэ мурадкIэ цIыху 60-м щIигъум кIэлъыплъащ икIи гугъуехьышхуэ пылъу заявкэм хагъэхьэну 25-м къытеувыIащ. Ахэр дапхуэдэу къыщIэкIынуми Тхьэм ищIэнт, ауэ гурыIуэгъуэр зыт – щIыпIэ, командэ зэмылIэужьыгъуэхэм къраша щIалэхэр джэгупIэ губгъуэм щызэгурыIуэ хъун папщIэ зэман гуэр ихьынут. ПэщIэдзэ зэIущIэхэм къэралым и командэ нэхъыфI дыдэхэм зэраIущIэнум ахэр игъэпсыхьынут е яхъуэжын хуейуэ къыщIэкIынут. АрщхьэкIэ абы щыгъуэми мылъку ббгъэдэлъын хуейт. ЗэкIэ Налшык и «Спартак»-м зыкъыщIэзыгъакъуэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и Президенту ягъэува Къанокъуэ Арсен и «Синдика» холдингым и закъуэт.
Нэхъ Iей дыдэ къэхъурэ, гъэ къакIуэм премьер-лигэм дыкъыхагъэкIыжми, къэралым и командэ нэхъыфIхэм зэраIущIэнум ифI куэд къыдэкIат. Къапщтэмэ, спортым сабий куэд абы хуигъэушат. ЦСКА, Мэзкуу и «Спартак», «Локомотив», «Динамо», «Торпедо», Санкт-Петербург и «Зенит» хуэдэхэр Налшык къызэрыкIуэнум, ахэр зэралъагъуфынум абыхэм я бжыгъэр хигъэхъуат.
«Спартак» стадионри икIэм-икIэжым жэщ-махуэ жамыIэу зыхуей хуагъэзат. Абы и фIыгъэкIэ ди нэкIэ тлъагъуфынут къэралым и командэ нэхъ лъэщ дыдэхэм я футболист цIэрыIуэхэм я джэгукIэр. Къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм я командэ къыхэхахэм хэт зыбжани Налшык къэкIуэнут, Германием щекIуэкIыну дунейпсо чемпионатым щыджэгунухэри ягъусэу. Ар футболым дихьэххэм я дежкIэ зыми хуэмыдэн дэрэжэгъуэт.
Зэхьэзэхуэм щIидзэн ипэкIэ Налшык и «Спартак» профессионал футбол клубым и генеральнэ директор Балэ Владимиррэ тренер нэхъыщхьэ Красножан Юрэрэ упщIэ зыбжанэкIэ захуэдгъэзат.
- Дэ зыми дыщышынэркъым. Дышынэркъым премьер-лигэм дыкъыхагъэкIыжынкIэ, бжыгъэшхуэкIэ дыкъыхагъэщIэнкIэ, тегъэщIапIэ тщIа футболистхэм дагъэукIытэнкIэ. Дапщэщи сытри къэхъуфынущ. Псом ящхьэр апхуэдэ Iуэхугъуэхэм зэрумыгъэщIыкIынрщ, дерс тэмэм къыхэхынырщ, - къыджиIат Балэм. - Нэхъ гугъу дыдэу щытар командэм хэтынухэр къыхэхынырт. Дызэрыхуей дыдэм хуэдэу ар тхузэфIэкIакъым, хуабжьу гугъу зедгъэхьа пэтми. Нэхъ мыхьэнэшхуэ дыдэ зиIэу зэфIэдгъэкIар «Спартак» стадионыр къанэ щымыIэу и чэзум зыхуей зэрыхуэдгъэзарщ – ар ди республикэм и спорт гъащIэм мыхьэнэшхуэ щызиIэну IуэхугъуэфIщ. Сыхуейт премьер-лигэм дыхэмыкIуэдэну, япэ дивизионым дыкъызэрыщалъытэу щытам хуэдэу ди джэгукIэр дахэу абы дыхэтыну. СыщIохъуэпс зэхьэзэхуэм и джэгугъуэ къэс Къэбэрдей-Балъкъэрым и махуэшхуэу щытыну, командэм и унафэщIхэр абы щыджэгухэм дамыгъэукIытэну. УтекIуэфынущ икIи укъыхагъэщIэфынущ, ауэ зэи уи лъэр щIэбгъэху, уи хьэрхуэрэгъухэр зытебгъэгушхуэ хъунукъым.
- Псом япэ зыгъэхьэзырын щIыщIэддзар Iэмалыншагъэщ. ФIы дыдэу къыдгуроIуэ, нэгъабэ япэ дивизионым етIуанэ увыпIэр къыщихьу премьер-лигэм кIуа ди командэр абы хэзэгъэн папщIэ, ар икъукIэ гъэлъэщын зэрыхуейр, къыпищат псалъэмакъым Красножан Юрэ. - Абы къыхэкIыу нэхъыбэу дызэлIэлIар адэ-мыдэкIэ къитша футболистхэм къыддэхъун къазэрыхэтшынырщ. Псори зэхэту цIыху 60-м щIигъум дакIэлъыплъри къыхэтхар и Iыхьэ щанэм иримыкъущ. - Пэжщ, куэдыIуэм дакIэлъыплъыну къедгъэблэгъэн хуей хъуащ. Ауэ къэлъытапхъэщ дэ мы Iуэхугъуэм япэу дызэрырихьэлIар. Абы къыхэкIыу зыдгъэсэн ипIэкIэ нэхъыбэу щхьэж и зэфIэкIыр здынэсыр зэдгъэщIауэ аращ. Дызыхуеину футболистхэр къэзылъыхъуэн цIыху щхьэхуэ иджы диIэнущи, адэкIэ нэхъ тынш хъунущ. Къэтщта псоми нэгъабэ елъытауэ дагъэлъэщащ. Ауэ ахэр премьер-лигэм дауэ къыщыщIэкIынуми хэт ищIэн. Пэжщ, Евсиковыр абы куэдрэ щыджэгуащ, ЦСКА-м хэтуи къэралым и чемпион хъуащ. Краснодар и «Кубань»-р премьер-лигэм щыджэгуа 2004 гъэм Джефтони абы щыIеякъым. Конгом и командэ къыхэхам хэту Африкэм и Кубокым къыщыхэжаныкIа Илонгэ «Локомотив»-м гу лъитэри къищэхуащ икIи бэджэнду къыдитыжащ. КуэдкIэ уащыгугъ хъунущ Гогуа, Корчагиным, Сердюковым, нэгъуэщIхэми.
Къалэнышхуэ ди пщэ къызэрыдэхуар зыхыдощIэ. ТлъэкI псори къанэ щымыIэу джэгупIэ губгъуэм къыщыдгъэлъэгъуну дызэрыхущIэкъунум шэч лъэпкъ къытевмыхьэ. Ауэ зыгуэркIэ ди Iуэхухэр зэфIэмыхьэ хъумэ, псом хуэмыдэу пэщIэдзэ зэIущIэхэм, хьэм драмыгъэхьынуи футболым дихьэххэм захуэзгъэзэну сыхуейт. Зым адрейм зыщIэдгъакъуэмэщ зэфIэкIым щыхэхъуэнур. Зыщыгъэгъупщэн хуейкъым зэи къэмыхъуа дэрэжэгъуэ Налшык и «Спартак»-м Къэбэрдей-Балъкъэрым къызэрыхуихьар икIи къэрал куэдым я футболист нэхъыфIхэр ди деж къакIуэурэ къызэрыддэджэгунур. Абыхэм уапэщIэтыну тынш хъунукъым, ауэ ар дэри ди лIыгъэ зэхэгъэкIыпIэщ.
ДагъэукIытакъым Налшык и «Спартак»-м и футболистхэм япэ дыдэ джэгугъуэм щегъэжьауэ. Премьер-лигэм ар щыхэтащ зэхьэзэхуихым икIи дэтхэнэми тхыгъэ зырыз тедухуэну мурад тщIащ. ЗэкIэ фигу къэдгъэкIыжынщ ди «Спартак»-м и фащэр щыгъыу 2006 гъэм япэ лъэбакъуэхэр къэралым и гуп нэхъыщхьэм хэзычахэр:
гъуащхьэтетхэу - Кращенкэ Сергей, Чихрадзе Александр, Криворучкэ Александр;
гъуащхьэхъумэхэу - Къудей Леонид, Битокъу Тимур, Заруцкий Александр, Мостовой Руслан, Скворцов Анатолий, Джудович Миодраг, Джефтон, Евсиков Денис;
гъуащхьэхъумэныкъуэхэу - Мэшыкъуэ Аслъэн, Ксанаев Марат, Балэ Рустам, Мичков Дмитрий, Пилипчук Сергей, Ланько Виталий, Концедалов Роман, Гогуа Гогитэ, Илонгэ Нгасание;
гъуащхьауэхэу - Къуныжь Анзор, Порошин Андрей, Гаврюк Евгений, Сердюков Сергей, Корчагин Эрик.
Жыласэ Заурбэч.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "709.txt"
} |
КъБР-м къегъэщIылIа федеральнэ инспектор нэхъыщхьэу Ткачёв Евгений ягъэув
КъБР-м и Правительствэм и Унэм УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэ Матовников Александр дыгъэгъазэм и 5-м республикэм и Правительствэм хэтхэм, Парламентым и депутатхэм, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэм щаригъэцIыхуащ КъБР-м къегъэщIылIа федеральнэ инспектор нэхъыщхьэм и къулыкъум щIэуэ ягъэува Ткачев Евгений.
Ткачёв Евгений Анатолий и къуэм 1989 гъэм РСФСР-м и Совет Нэхъыщхьэм и цIэр зэрихьэу Москва дэт дзэ унафэщI еджапIэр къиухащ, 1998 гъэм Къэрал къулыкъумкIэ Ищхъэрэ-КъухьэпIэ академием, 2015 гъэм Вяткэ и къэрал гуманитар университетым и IэщIагъэм щыхигъэхъуащ.
1991-1996 гъэхэм, къыкIэлъыкIуэу 2008 - 2011 гъэхэм коммерцэм и IуэхущIапIэхэм къулыкъу зэмылIэужьыгъуэхэр щиIыгъащ.
1996 гъэм щегъэжьауэ 2005 гъэм нэсыху Тверь областым и губернаторым и аппаратым къэрал къулыкъу щрихьэкIащ. 2005 гъэм щегъэжьауэ 2008 гъэм нэсыху «Урысей зэкъуэт» партым и Тверь щIыналъэ къудамэм и исполкомым и унафэщIу щытащ.
2011 гъэм щегъэжьауэ 2016 гъэм нэсыху Тверь областым и Правительствэм хэтащ икIи Тверь областым и щIыналъэ зэгухьэныгъэхэм я IуэхухэмкIэ министру щытащ. ИужькIэ аргуэру щылэжьащ Тверь къалэм щыIэ коммерцэ IуэхущIапIэхэм.
«Евгений Анатолий и къуэм бгъэдэлъ щIэныгъэмрэ IэщIагъэмрэ, шэч хэмылъу, хурикъунущ Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэм и аппаратым къыбгъэдэхуэ къалэнхэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щигъэзэщIэн папщIэ. Мы къулыкъур лэжьыгъэ пыухыкIахэм ятещIыхьащ. Япэм федеральнэ инспектор нэхъыщхьэу щыта псори тэмэму лэжьащ. Иджы дэ лъэхъэнэщIэм дыхуокIуэ икIи Iуэхур егъэфIэкIуэным адэкIи дыхущIэкъунущ», - къыхигъэщхьэхукIащ Матовников Александр. Абы республикэм и унафэщIхэм лъэIукIэ закъыхуигъэзащ щIэуэ ягъэува федеральнэ инспекторым къыбгъэдэхуэ къалэнхэр нэгъэсауэ игъэзэщIэн папщIэ зэрахузэфIэкIкIэ зыщIагъэкъуэну, тэмэму дэлэжьэну.
«Дэ абы сыт и лъэ ныкъуэкIи дыдэIэпыкъунщ. Псори дызытелажьэр зы мурадщ», - жиIащ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек.
КъБР-м къегъэщIылIа федеральнэ инспектор нэхъыщхьэу щыта Канунников Владимир езыр лъаIуэри и къулыкъум текIащ.
КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэмрэ УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэм и аппаратым и пресс-IуэхущIапIэмрэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "71.txt"
} |
МЭРЕМ ПШЫХЬ
Абрэдж Сэфият Адыгэ Республикэм щыщ сабий тхакIуэ цIэрыIуэщ. Абы и усэхэр, таурыхъхэр, пьесэхэр мызэ-мытIэу къытехуащ «Адыгэ макъ» газетым, «Вагъуэбын» сабий журналым, урысыбзэкIи тхылъитI дунейм къытехьащ. Сабий усакIуэр илъэс куэдкIэ Мейкъуапэ дэт 3-нэ курыт школым егъэджакIуэу щылэжьащ. Абы и IэдакъэщIэкIхэр теухуащ хэкум, щIыуэпсым, сабиигъуэм.
Абрэдж Сэфият УФ-м и ТхакIуэхэм я союзым 2012 гъэ лъандэрэ хэтщ.
Си шы къарэм жыжьэ сехь
Сэ къызжаIэ махуэ къэс:
- Сыту дэгъуэу шым утес!
Сэ къызжаIэр сигу ирохь,
Си шы къарэм жыжьэ сехь.
И соку Iувыр жьым зэрихьэу,
Пщэдджыжь къэси гъуэгу дытохьэ,
Гъуэгур икъукIэ кIыхьщ, къиинщ:
Дуней псор дэ къытпэщылъщ…
Си хэкужьым, сядэм, сянэм,
Сэ сахуэзэшащ.
ФIыуэ слъагъухэм сапэIэщIэщ,
Си шы къарэм куэд ижащ.
КIыкъ-кIыкъ-кIыкъ, тIыкъ-тIыкъ-тIыкъ,
Ди хэкужь дыкъэсыжащ.
Сядэ-сянэм я гуфIэгъуэщ.
Шхынхэр куэду схуэзблах,
Си шым щабэу Iэ дызолъэ,
И жэрагъыр згъэунэхуащ.
КъыщысщIам абы и пIалъэ,
Пхъэ джэгуалъэу къыщIэкIащ.
Шы джэгуалъэр зейр сабийщ,
Дызэреджэр ТIэхьир цIыкIущ.
Къыу хужьхэр
Бжьыхьэ махуэу къыуху хъушэр
Псыхъуэ ныджэм щыслъэгъуащ:
Къыухэм дамэхэр щIаупскIэрт,
Я пщэху лантIэхэр къагъафэрт.
Гъуджэм хуэдэ псыежэхым
Къыу сурэтхэр къабзэу къощ.
ЛIэщIыгъуищэ зэднэкIахэм,
Къыухэр цIыхухэм яхъумащ.
Къыуху къуалэм я дахагъэр
Дауэ пхуэгъэпщкIунт?!
Къыуху къуалэр мащIэ мэхъур -
Я дахагъэм токIуэдэж.
Хъарбыз плъыжьыр
Дадэ хъарбызышхуэ
Хадэм кърихащ.
И дахагъэр тлъагъури,
Ди нэр тIэпихащ.
Хъарбыз кусэщхъуантIэр
Топ зэпэхъурейщ.
Хъарбыз щIыIэ зышхыр
Хуабжьу ехъулIащ!
Лагъэ иным илъ хъарбызыр
Дадэ къиупщIэтащ.
Дэпу плъыжьу, купкъхэр изу
Ар къызэгуэчащ.
Бзыгъэ иным мэ IэфI пихыу,
Дадэ къыдитащ…
А хъарбызым и хъыбарыр
Абдеж щыдухащ.
Хъарбыз пшхыну сыту тхъэгъуэ!
Хъарбыз щIыIэр сыту IэфI!
Модельер цIэрыIуэхэр
Армани Джорджио
Абы и цIэр зэхэзымыха цIыху къэгъуэтыгъуейщ. Итальян дизайнерым модэм и дунейм хьэпшып телъыджэ куэд къыщигъэщIащ – ар щыгъын, зэрызагъэщIэращIэ, унэр зэрагъэдахэ хьэпшып ирехъу.
Джорджио и лэжьыгъэр къыщыщIидзар Милан универмагхэм языхэзырщ. И ныбжьыр илъэс 30 щрикъуам абы ищIэрт щэкIхэм я зэхэлъыкIэмрэ цIыхухэм щатIэгъэну яфIэфIымрэ. Аращ модельерым и Iэзагъым лъабжьэ хуэхъуари. Илъэс зыбжанэ нэхъ дэмыкIыу езым и дамыгъэ зытет цIыхухъу щыгъынхэр иду щIидзащ.
Джорджио япэу игъэлъэгъуа щыгъынхэр цIыхухъу классикэ кIэстум зэфIэтхэрщ. Зы илъэс нэхъ дэмыкIыу, 1975 гъэм, абы цIыхубз щыгъынхэр иду щIидзащ. А гъэрауэ жыпIэ хъунущ «Армани и империем» щIэдзапIэ хуэхъуар. Абы щыгъуэ дунейм къытехьащ Джорджио и дамыгъэ зытет щIалэгъуалэ, спорт щыгъынхэр, зэрызагъэщIэращIэ хьэпшыпхэр. Зы илъэс докIри, Италием цIэрыIуэ щыхъуа дизайнерым Голливуд зыкъыщигъэлъэгъуэну иужь йохьэ. Голливуд актёрхэр зэщихуэпыкIыурэ, абы и цIэр дуней псом щыIуащ. Джорджио и кIэстумхэр, я щIыкIэкIи, я плъыфэкIи, къащхьэщокI а лъэхъэнэм щыIа щыгъынхэм. Гир Ричард, Коннери Шон сымэ «Жигало», «Красотка», «Неподкупные» фильмхэм щащыгъар Армани идахэрщ. Абы и фэилъхьэгъуэхэр лэжьапIэми щыпщыгъыну екIуу, зыщыбгъэпсэхукIи тыншу къалъытащ.
Илъэсих дэкIа нэужь, езым и цIэр зезыхьэ япэ фирмэ-тыкуэныр къызэIуех. «Giorgio Armani S.p.A» маркэм къызэщIиубыдэ хьэпшып, щыгъын псори щещэ. Апхуэдэурэ зеужьри, дуней псом фирмэ-тыкуэну мини 2 къыщызэIуех, зы илъэсым доллар зы мелард «игъэкIэрахъуэу». 1990 гъэм Армани и компаниер зэхигъэкIащ. «Giorgio Armani», «Emporio Armani» , «Mani» фирмэхэм уасэкIэ зэхуэмыдэ хьэпшыпхэр къыщIагъэкIыу щIадзэ, нэхъ къулейхэми, ику иту псэухэми, нэхъ хуэмыщIахэми къащэхуфын хуэдэу.
Иджыпсту Армани щыгъын къыщIэзыгъэкI лини 6 иIэщ: Armani Junior, Armani Exchange, Armani Jeans, Armani Collezioni, Emporio Armani (Pret-a-porter), Giorgio Armani (Haute Couture).
Армани Джорджио зригъэхъулIахэмкIэ арэзы хъууэ зэи тIысыжакъым. Арагъэнщ абы модэмкIэ и унэм цIыхубз, цIыхухъу щыгъынхэм нэмыщI, дыхухэр, зэрызагъэщIэращIэ, пэшхэр зэрагъэдахэ хьэпшыпхэр щIыщIэлъыр.
2002 гъэм «Forbes» журналым иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэм къигъэлъэгъуащ Армани Джорджио дуней псом щынэхъ цIэрыIуэ дыдэ дизайнеру зэрыщытыр.
Дохъушокъуэ Синэ.
ЦIыкIухэм папщIэ
Псалъэ дахэ
ЛIыжь гуэрым мыIэрысей игъэтIысат. Абы зыгуэр йоупщI:
- Сыт уэ мы мыIэрысейхэр зэрыпщIынур? Абыхэм щIэх мыIэрысэ къапыкIэнукъым, абы къапыкIэри пIухуэжынукъым.
ЛIыжьым жэуап ет:
- Сэ сIумыхуэми, нэгъуэщIхэм яIухуэнщ, сэ псалъэ дахэ къысхужаIэнщ.
Хьэр лым хэкIыжащ
Зы хьэ гуэр лы Iыхьэ жьэдэлъу лъэмыжым икIырт. И сурэтыр псым къищу елъагъури, ар нэгъуэщI хьэм лы ихьу арауэ къыфIощI. Езым и лы Iыхьэр хыфIедзэри, малъэ, модрей хьэм иIыгъ лыр къытрихыну. Абы лы имыIыгъыххэу къыщIокI, езым ейр псым ехь.
Арати, хьэр лым хэкIыжащ.
Толстой Лев.
ГушыIэхэр
ИужькIэ зэщIэбгъэнэнщ
Дзэм къулыкъу щызыщIэ щIалэм полковникыр бгъэдохьэ:
- НакIуэ, нэхъыщхьэм сриджащи, сыпшэн хуейщ.
- Ныбжьэгъу полковник, машинэр схузэщIэгъанэркъым.
- Къэгъанэ. ЯпэщIыкIэ сыши, итIанэ зэщIэбгъэнэнщ.
Доллар 300
Бзылъхугъэм и щхьэгъусэм зыхуегъазэ:
- Пщыхьэщхьэ си ныбжьэгъухэм я гъусэу рестораным сыкIуэн хуейщи, кофе къызэрысщэхун доллар 300 къызэт.
- Зы кофе крушкIэм доллар 300 и уасэуи?
- Сыту угъэщIэгъуэн уэ, мы сщыгъ мыхьэнэншэмкIэ рестораным сызэрымыкIуэнур къыбгурыIуэркъэ?!
Ар пэжщ
Хэку зауэшхуэм теухуа пэжхэр
♦Зауэ нэужьым илъэс 17-кIэ текIуэныгъэр ямыгъэлъапIэу, зыгъэпсэхугъуэ махуэу ямыбжу къэгъуэгурыкIуащ. Махуэшхуэр гъэлъэпIэн зэрыхуейр къыщыхалъхьар 1965 гъэращ. Тхыдэджхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, Совет властыр куэд зи нэгу щIэкIа ветеранхэм ящышынэу арат. Ауэ ягъэхъыбарыр нэгъуэщIт – зауэр зыщагъэгъупщауэ, я къарур зэрыщыту къэралыр къэIэтыжыным хуаунэтIауэ жаIэрт.
♦Хэку зауэшхуэм хэта совет офицерхэм ящыщу мин 80-р цIыхубзт.
•ЦIыхухэм ящIыгъуу, Хэку зауэшхуэм хьэ мин 60 хэтащ. Абыхэм я фIыгъэкIэ, танк 300 къагъэуащ, хъыбар мин 200 зэIэпахащ, зауэ губгъуэм сэлэт мин 700 кърахащ, щIыпIэ 303-м шэкъэуэж кърахащ, километр зэбгъузэнатIэ мин 15,2-рэ щIащыкIащ.
♦Зауэр къыщыхъеям, Кремлыр махуэ 30-кIэ «бзэхауэ» щытащ. Фашист кхъухьлъатэзехуэхэм я картэм итыр ямыгъуэту къэуIэбжьат, Совет союзым и унэ нэхъыщхьэр ягъуэтыртэкъым. КъызэрыщIэкIымкIэ, Кремлым и чэщанэхэм тет вагъуэхэр - хъыдан фIыцIэкIэ, Манеж утымрэ Александровскэ жыг-хадэмрэ пхъэбгъукIэ щIахъумат, куполхэр лэч фIыцIэкIэ ялат, блынхэмрэ унащхьэмрэ щхъуэ-гъуабжафэ ящIат, блыным екIуэкIыу метри 3 хъууэ унэ нэпцI зыбжанэ щаухуат. Мавзолейр къатищ хъуат, Лениным и хьэдэр Тюмень ягъэIэпхъуат, Боровицкэ куэбжэхэм къыщыщIэдзауэ Спасскэм нэс пшахъуэ тракIутат, гъуэгум ещхьу. А псом Кремлыр къыхэпцIыхукIыртэкъым.
♦1941 гъэм бадзэуэгъуэм и 13-м, иужькIэ Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэ лъапIэр зыхуагъэфэща, Армэ Плъыжьым и сэлэт Овчаренкэ Дмитрий, и ротэм Iэщэ яхуишэу, фашист 50-м къаухъуреихьри яубыдат. И фочыр трахри, къыпкърыупщIыхьыну ягъэтIыса щIалэм пэмыжыжьэу джыдэ щылъу къилъэгъуащ. НапIэзыпIэм джыдэр къипхъуатэри, къыпкърыупщIыхь офицерым и щхьэр фIихащ. Iэнкун хъуа фашистхэм гранатищ яхидзэри, сэлэт 21-рэ иукIащ, адрейхэр щтэри зэбгрыжащ. АбыкIи и гур мызагъэу, Овчаренкэр бийм кIэлъыщIэпхъуэри, япэу зылъэщIыхьа сэлэтым и щхьэр пиупщIауэ щытащ.
♦Гитлер СССР-м къыщытеуам и бий нэхъыщхьэу къилъытэр Сталинтэкъым, атIэ Левитан Юрийт. Диктор цIэрыIуэм и щхьэр къыхуэзыхьым маркэ мин 250-рэ иритыну жиIэрт зэрыпхъуакIуэм. Сталиным ар ищIэрти, Левитан ягъэпщкIурт икIи дикторым и шыфэлIыфэм теухуауэ хъыбар нэпцIхэр ягъэIуурэ, бийм Iэрагъэхьакъым.
•Сталин и къуэ Джугашвили Яков фашистхэм гъэр ящIри, фельдмаршал ПаулюскIэ къахъуэжыну арэзыуэ щыжаIэм, Сталиным: «Сэ сэлэтыр фельдмаршалкIэ схъуэжкъым!», - жиIэри, идауэ щытакъым. Абдеж къыщымынэу, Яков и унагъуэр хэкум ирыригъэшауэ щытащ: «Гъэру зезыгъэубыдахэм я унагъуэр ираш, Яков си къуэ щхьэкIэ, хабзэм себэкъуэнукъым», - жиIэри.
♦Хэку зауэшхуэм и зэманым ди дзэм хэту махъшэ 350-рэ «зэуащ». Ахэр Астрэхъан щIыналъэм къыщаубыдурэ Сталинград къашэрт, машинэрэ шырэ яхурикъуртэкъыми. Псэущхьэхэм я нэхъыбэр зауэм хэкIуэдащ, къелахэр зоопаркхэм иратыжащ, ауэ ЯшкэкIэ зэджэу щыта махъшэр совет сэлэтхэм ящIыгъуу Берлин нэсауэ щытащ.
♦1943 гъэм фокIадэм и 1-м Сталинград зауэшхуэм пулемётчик Нурадилов Ханпаша фашист 920-рэ иукIауэ щытащ.
♦1942 гъэм Гитлер унафэ ищIат Сталинград псоуэ зы унэ къыдамынэу зэтракъутэну. Илъэс ныкъуэ дэкIауэ, совет правительствэм щекIуэкIа зэIущIэм къыщаIэтат Сталинград и Iуэхур - абы зыри къызэрыхэмынэжар, къэбгъэщIэрэщIэжынкIи Iэмал зэримыIэр. Сталин ищIэрт Гитлер и унафэри, абы и нэхейкIэ къалэр «яжьэм къыхаIэтыкIыжыну», щIэрыщIэу яухуэжыну триухуащ. Сталинград апхуэдизкIэ лагъым куэд щрадзыхати, къалэр зэрыпхъуакIуэхэм къыIэщIагъэкIыжа нэужь, иджыри илъэситIкIэ зы удзыпэ къыщыкIатэкъым.
Понэж Гуащэ.
Псалъэ шэрыуэхэм къарыкIыр
Мылъкур уэсэпсщ
Пэ зиIэм кIэи иIэщ.
ЖаIар е нэгъуэщI зыгуэрыр ирикъуну, абдежым щыухын хуейуэ къыщалъытэм деж къапсэлъ хабзэщ.
Нэдым и щхьэр умытIатэу, хьэ илърэ ху илърэ пщIэркъым.
ЦIыхур умыгъэунэхуауэ, зыхуэдэр пщIэнукъым.
Мылъкур (былымыр) уэсэпсщ.
КъокIуэ-мэкIуэж жыхуиIэщ. Нэхъыщхьэр зэрыармырар жыIапхъэу къыщалъытэм деж къапсэлъ хабзэщ.
Насыпыр пщэдджыжьым ягуэш.
Жьыуэ укъэтэджу уи Iуэху иужь уихьэн хуейщ жиIэу аращ.
УзыгъэтIыс уиубыжыркъым.
ТIысыну хуит ящIам зыщрилъэфыхьым деж ягъэгушхуэу жраIэ хабзэщ.
Щауэ Къэлидар.
НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "710.txt"
} |
И бжэхэр къызэIуехыж
Iуэхум иращIэкI гуфIэгъуэ зэхыхьэм зыкърагъэхьэлIащ хьэщIэ лъапIэ куэдым. Абыхэм ящыщщ УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Геккиев Заур, КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, КъБР-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Къумыкъу Iэуес, КъБР-м и Iэтащхьэм и чэнджэщэгъу нэхъыщхьэ Емуз Нинэ, КъБР-м и Парламентым Законым тетынымрэ хабзэр хъумэнымкIэ и комитетым и пашэ Тхьэгъэлэдж Тимур. Махуэшхуэм хэтащ КъБКъУ-м и ректор Алътуд Юрий, медицинэ колледжым и унафэщI Пщыбий Светланэ, университетым и егъэджакIуэхэмрэ студентхэмрэ.
- Медицинэ колледжым и егъэджакIуэхэмрэ студентхэмрэ яхуэфащэ пщIэрэ гулъытэрэ яхуэтщIу, гъэ еджэгъуэщIэм ирихьэлIэ тыгъэ гуапэкIэ дахуэупсащ. ЕджапIэм и унэр къанэ щымыIэу зэдгъэпэщыжащи, медицинэ IэщIагъэхэм хуеджэ ныбжьыщIэхэм Iэмал псори яIэщ абыхэм я щэхухэм щыгъуазэ зыхуащIыну, - жиIащ зэIущIэр къызэIузыха Алътуд Юрий. – Си гуапэу къыхэзгъэщыну сыхуейщ медицинэ колледжым мы гъэм щеджэ студентхэм я бжыгъэр мини 3-м зэрынэсар. ФIыщIэ ин яхуэсщIыну сыхуейщ ди жэрдэмыфIхэр къыддэзыIыгъ КъБР-м и Правительствэм. Псоми си гуапэу сохъуэхъу ди Къэралыгъуэм, ЩIэныгъэхэм я махуэхэмкIэ.
Егоровэ Татьянэ гуапэу ехъуэхъуащ ЩIэныгъэхэм я махуэм ирихьэлIэу зэпэщ ящIыжа еджапIэм къекIуэлIэжа студентхэм, абыхэм я егъэджакIуэхэм.
- ЩIэныгъэ зэгъэгъуэтыным егугъуныгъэ, шыIэныгъэ, ерыщагъ хэзылъхьэхэм ехъулIэныгъэ яIэнущ Iэмал имыIэу, - къыхигъэщащ абы. - Узыншэу гъэ еджэгъуэщIэр ефхьэкIыну.
Медицинэ колледжым къикIуа гъуэгуанэ купщIафIэм республикэр зэрыригушхуэр жиIащ Геккиев Заур. Абы студентхэр къыхуриджащ я еджапIэр здынэса лъагапIэхэм хагъэхъуэну, ехъулIэныгъэщIэхэр зыIэрагъэхьэну.
Зыхуей хуагъэзэжа еджапIэм и бжэхэр япэу къызэIуихыну хуит ящIащ колледжым и унафэщI Пщыбий Светланэ, Егоровэ Татьянэ, Геккиев Заур сымэ. Iэгуауэшхуэм щIэту лентI плъыжьыр зэпаупщIа нэужь, ахэр япэу щIыхьащ колледжым и унэм, иужькIэ абыхэм якIэлъыкIуащ хьэщIэхэри студентхэри. Абыхэм къаплъыхьащ еджапIэм и пэшхэр, щIэуэ къыщызэIуаха лабораторэхэр, практикэ щрагъэкIуэкIынухэр. Пщыбийм зэрыжиIамкIэ, иджы еджапIэм иIэщ практикэ къызыхуэтыншэу щебгъэкIуэкI хъуну пэш щхьэхуэр, зыхуей-зыхуэфIкIэ къызэгъэпэща лабораторэхэр. Абы фIыщIэ яхуищIащ университетым и унафэщIхэм, гъэ еджэгъуэщIэм зэпэщу зэрырагъэхьэлIэжам папщIэ.
«Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектым къигъэув къалэнхэр гъэзэщIэным хуэгъэпса IэмалыфIхэр зиIэ хъуа еджапIэм ехъулIэныгъэщIэхэр зыIэригъэхьэну ди гуапэщ.
Жыласэ Маритэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "711.txt"
} |
ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 75-рэ щрикъум ирихьэлIэу
АДЫГЕЙ ЛIЫХЪУЖЬХЭР
Япэ дыдэ
Илъэс тIощIрэ зым хыхьа къудейт Андырхъуей Хъусен зауэр къыщыхъея махуэм. Дзэм ираджауэ къулыкъу ищIэрт абы, 733-нэ фочауэ полкым и 2-нэ ротэм и политрук IэнатIэр къыхуагъэфэщауэ. Зыри пэплъатэкъым зауэм, хьэщэхурыпхъуэм зэрихабзэу, фашистхэр, я псалъэм епцIыжри, 1941 гъэм мэкъуауэгъуэ мазэм и 22-м ди къэралым къытеуащ. Мейкъуапэ пэмыжыжьэ абэзэхэ къуажэм, Хьэкурынэхьэблэ, къыщалъхуа абэзэхэ щIалэри пэплъакъым зауэм. Абы и нэгу щIэтыр зыщалъхуа къуажэрт, и Iыхьлыхэрт, зыдеджа и ныбжьэгъухэрт - дзэ къулыкъур зэфIэкIмэ, яхыхьэжынут абыхэм, и хэкум игъэзэжынурэ, зыми пимыщI IэщIагъэм ирилэжьэнут: ар усакIуэщ, и усэхэр щIэх-щIэхыурэ традзэ Адыгейм къыщыдэкI газетхэм...
Хунэсакъым абы: зауэ гущIэгъуншэм и мафIэ лыгъэр къыщылыдащ къэрал гъунапкъэм, нэмыцэ фашистхэр, хьэщхьэрыIуэ хъуауэ, хэкум къиужьгъащ.
Андырхъуей Хъусен зыхэт 136-нэ дивизэр 1941 гъэм фокIадэм и 20-м Ростов и Iэшэлъашэм Iэпхъуащ. Абы щыгъуэ дон губгъуэхэм зауэ гуащIэ щекIуэкIырт, Кавказым къыхуеIэ бийр къатезэрыгуауэ. Дивизэр нэмыцэхэм япэуващ фокIадэм и 29-м: ахэр зэтригъэувыIащ, зэхикъутэри иригъэкIуэтыжащ. А махуэм ди зауэлIхэм къагъэлъэгъуа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ щытепсэлъыхьым, абы и командирым и псалъэм къыхэщащ политрук Андырхъуей Борэжь и къуэ Хъусен цIэр - бийм удынышхуэ езыдза зауэлI хахуэхэм ящыщт ар.
Ипщэ фронтым и Iуэхур хэплъэгъуэ хъуат: цIыхурэ IэщэкIэ къебэкI бийр къебгъэрыкIуэ зэпытти, Дзэ Плъыжьыр къикIуэтырт, бийм хэщIыныгъэшхуэ иратурэ. Нэмыцэхэм яубыд къалэхэр, къуажэхэр зэтрагъасхьэрт, лажьэ зимыIэ цIыхухэр зэтраукIэрт.
733-нэ фочауэ полкри къикIуэтын хуей хъуащ, зэщIэкIуэри, полкым Нагольнэ псым и Iуфэм зыщигъэбыдащ. ЕтIуанэ фочауэ ротэм Дьяковэ къуажэм и Iэшэлъашэм зыщигъэбыдащ, псым телъ лъэмыжым пэмыжыжьэу. Андырхъуей Хъусен и ротэм къалэн къыщащIащ: бийр псым къызэпрывмыгъэкI. Ар пхузэфIэкIын щхьэкIэ, зэрыжаIэщи, «щIым зыщIэвэн» хуейт: бжьыхьэ щIыIэри зыхамыщIэжу, ротэм и зауэлIхэм окопэхэмрэ щIытIхэмрэ ятIащ, топхэр, лагъым зэрадз Iэщэхэр лъэмыж дакъэм щыхасащ.
ЖэщкIи махуэкIи къахэкIыртэкъым Андырхъуей Хъусен ротэм и зауэлIхэм: ягу фIы яхуищIырт, лIыгъэ яхэлъын зэрыхуейр, я адэ-анэхэр, я шыпхъухэр, я щхьэгъусэхэр я щIыб къызэрыдэтыр ягу къигъэкIыжырт. Псоми ягъэщIагъуэрт: «Дапщэщ ди политрукыр щышхэри щыжейри - жэщ-ми махуэми етIысэхыркъым».
Батальоным и комиссарым ириджащ политрукыр.
- Зауэ гуащIэ къытпоплъэ, - къыжриIащ абы. - Уи ротэм къылъыса IэнатIэр нэхъ шынагъуэ дыдэхэм ящыщщ - бийм къаруушхуэ къиунэтIынкIэ хъунущ абыкIэ: лъэмыжым къимыкIмэ, нэмыцэ танкхэм нэгъуэщI кIуапIэ ягъуэтынукъым, ар зэраубыдынум и ужь итынущи, фатемыплъэкъукI, танкхэр къаутIыпщмэ, лъэмыжыр къэвгъауэ, псым ахэр къызэпрывгъэкI хъунукъым...
Ар жыIэгъуафIэщ: зы танк къызэпрывгъэкI хъунукъым... Политрукми ещIэ абы мыхьэнэшхуэ зэриIэр - ротэм къылъыса IэнатIэм куэд зэрелъытар: нэмыцэхэр абдеж щызэтраIыгъэху, дивизэр здикIуэта щIыпIэм изэгъэнущ, зигъэбыдэнурэ бийм къыпэувынущ...
ПщыхьэщхьэхуегъэзэкI хъуауэ, пшэр зэкIэщIихури, бжьыхьэ дыгъэм и бзий махэр Дьяковэ къыдэпсащ. Къуажэм щхьэщытщ уэнжакъхэм къриху Iугъуэ сырыхур. Хъусен и нэгу къыщIыхьэжащ езыр къыщыхъуа жылэр - Хьэкурынэхьэблэ. И нэгу къыщIэуващ къуажэм къыдина и анэр, и Iыхьлыхэр, и ныбжьэгъухэр, фIыуэ илъагъу пщащэ дахэр... Сыт я дуней абыхэм иджыпсту, сыт ягъахъэрэ? Дауи, псоми я гур здэщыIэр зауэрщ, аращ я щхьэм илъ зэпытыр. ЯлъэIэсынкIэ хъуну абыхэми зауэ гущIэгъуншэр? Хьэуэ, ар къэмыхъун щхьэкIэ, Хъусен зэблэн щыIэкъым, и псэр итын хуей хъуми, къызэфIэнэнукъым...
Нэмыцэхэр къызэрехьэжьащ, топышэр зыкъомрэ къытракIута нэужь, мацIэм хуэдэщи, къызэрохь, танкхэм зыкъуадзэурэ. Шэр, лагъымыр къытолъалъэ Хъусен и ротэм - ротэм и нэхъыбэр укIыгъэ хъуащ, ауэ бийр лъэмыжым кърагъэкIакъым. Нэмыцэхэм ар щахузэфIэкIам ротэм къыхэнэжа щыIэтэкъым: хэт уIэгъэщ, хэт укIыгъэщ. УIэгъэ хъуащ Хъусени: и блэгъукIэр шэм икъутащ.
Пшапэр зэхэуауэ, нэмыцэхэр псым къызэпрыкIри, Хъусен къаувыхьащ. ПулемёткIэ яхэуэурэ, политрукым япэ къища фашистхэр зэтриукIащ. Андырхъуейм шэр къыIэщIэухащ, нэмыцэхэр етIуанэу къебгъэрыкIуащ. Зы гранатэ закъуэ къыхуэнэжати, ар къищтэри, Хъусен къызэфIэуващ.
- Урыс, зыкъэт! - зэхихащ абы.
- Урысхэм затыркъым! - ар жери, гранатэр яжьэхидзащ политрукым къытегуплIа фашистхэм.
Апхуэдэу итащ Андырхъуей Хъусен и гъащIэр. Илъэс тIощIрэ зырэт зауэлI хахуэм и ныбжьыр...
Адыгэ щIалэм зэрихьа лIыгъэм и хъыбар фронт псом щыIуащ, ар щапхъэ яхуэхъуащ хэкум и хъумакIуэ зауэлI куэдым. Хъусен зыхэта полкым и комиссар Шемяков Борис зауэлIхэм я пащхьэм мыпхуэдэ псалъэ щыжиIауэ щытащ: «Ди полкым и Бэракъ плъыжьым и пщIэр лъагэ зыдэхъуа лIыхъужьхэм дрогушхуэ дэ. Уэрэд хуаусынущ политрук Андырхъуей Хъусен зэрихьа лIыгъэм. Адыгейм щыщщ а лIыхъужьыр. Гурэ псэкIэ фIыуэ илъагъу Хэкурщ абы и гъащIэр зыщIитар. Бийм пикIуэтакъым ар, уIэгъэ хьэлъэ хъуарэ пэт, лъы ткIуэпс къыщIэмынэжыху, Iэщэр игъэтIылъакъым. Андырхъуейм и псэр зыщIита Хэкум зэи щыгъупщэнкъым лIыхъужьым и цIэр».
Дьяковэ къуажэм деж щызэрихьа лIыгъэм папщIэ Андырхъуей Хъусен Борэжь и къуэм Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэ лъапIэр къыфIащащ. Адыгэ щIалэрщ СССР-м и тхакIуэхэм щыщу а цIэ лъапIэр япэ дыдэ зыфIащар.
Дивизэми пщIэшхуэ хуищIащ адыгэ лIыхъужьым: абы и цIэкIэ зы снайпер фоч хахри, фочым мыпхуэдэ тхыгъэ традзащ: «Совет Союзым и ЛIыхъужь Андырхъуей Хъусен и цIэкIэ». А фочыр зыхуагъэфэщэнур Андырхъуей Хъусен хуэдэу хахуэу зауэ, лIыгъэ зыгъэлъагъуэ зауэлIхэрт.
Сталинград деж зауэ гуащIэ щекIуэкIырт абы щыгъуэ. Индыл Iуфэ щызауэрт Андырхъуей Хъусен зыхэта дивизэри. Абы щыщ фочауэ шэрыуэхэр - снайперхэр зэхуашэсащ дивизэм и унафэщIхэм. «Дэ, Сталинград и хъумакIуэхэм, къэрал псор къыткIэлъоплъ иджыпсту икIи къытщогугъ, - жиIащ дивизэм и унафэщIым. - Бийм зы лъэбакъуэкIэ дыпикIуэт хъунукъым, къалэр фашистхэм едмыгъэубыдын щхьэкIэ, ди псэ деб-лэжынукъым. АбыкIэ щапхъэ зытетх хъун зауэлI хахуэ куэдым я цIэ къипIуэфынущ. Псом япэ зи цIэ къиIуапхъэр политрук Андырхъуей Хъусенщ».
Адыгэ щIалэ хахуэм и цIэкIэ хаха снайпер фочыр а махуэм иратащ фочауэ шэрыуэхэм ящыщ зым - Ильин Николай Яков и къуэм. Андырхъуей Хъусен и цIэр зытраIуа фочыр щратым, абы жиIащ: «Си тхьэлъанэщ Совет Союзым и ЛIыхъужь Андырхъуей Хъусен хуэфащэу сыкъыщIэкIынкIэ. Си къаруми си гъащIэми себлэнкъым, фашистхэр ди Хэкум игъэкъэбзыкIа хъун папщIэ».
А псалъэр игъэпэжащ фочауэ хахуэм. Андырхъуей Хъусен и фэеплъ фочыр кърата нэужь, етIуанэ махуэм Ильин фашистибгъу IуипIащ, къыкIэлъыкIуэ махуэм - аргуэру фашист пщыкIубл. Сталинград деж щызауэурэ, махуэ пщыкIузым фашист 95-рэ иукIащ.
Сталинград фронтым цIэрыIуэ щыхъуащ Андырхъуей Хъусен и фэеплъ фочым иризауэ снайпер шэрыуэ Ильин Николай. 1942 гъэм щэкIуэгъуэ мазэм ирихьэлIэу абы зэтриукIа фашистхэм я бжыгъэр 216-м нэсащ, 1943 гъэм и пэщIэдзэм а бжыгъэр 300-м щIигъуат. Снайпер хахуэм ита псалъэр игъэпэжащ: зы махуи игъэхьэулеякъым абы Андырхъуей Хъусен и фэеплъ фочыр.
Бийр Сталинград деж щызэхакъутэри, Донской фронтым и зауэлIхэр ебгъэрыкIуащ. Зауэ гуащIэ куэдым лIыгъэ щызэрахьащ Андырхъуей Хъусен зыхэта фочауэ дивизэм. Ар щызэуащ Орел, Белгород къалэхэм, ахэри, нэгъуэщI къалэ куэди фашистхэм къаIэщIэзыхыжа зауэлI хахуэхэм япэ итащ. Абы щыгъуэ Ильин Николай Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэ лъапIэр къыфIащакIэт. Андырхъуей Хъусен и цIэр зыфIаща фочымкIэ фашист 494-рэ иукIауэ, Совет Союзым и ЛIыхъужь Ильин Николай 1943 гъэм и гъэмахуэ мазэм зауэм хэкIуэдащ.
Фашист 494-рэ хэзыгъэщIа фочым тратхащ Ильин Н.Я. и цIэри. Снайпер хахуэр щыщIалъхьа махуэм фочыр IэщIалъхьащ фочауэ шэрыуэхэм ящыщ зым - Гордиенкэ Афанасий. «Совет Союзым и ЛIыхъужьхэу Андырхъуей Хъусенрэ Ильин Николайрэ я цIэкIэ» - апхуэдэ тхыгъэ тетт Гордиенкэ IэщIалъхьа фочым. ЗауэлIхэм я пащхьэ иувэри, абыи псалъэ итащ:
- Андырхъуей Хъусенрэ Ильин Николайрэ ялъ сщIэжыну фыкъызогъэгугъэ, ди Хэкум и хуитыныгъэм папщIэ схузэфIэкI сщIэнщ, си гъащIэм себлэжынкъым, фашистхэм сащысхьынкъым.
Андырхъуей Хъусенрэ Ильин Николайрэ я фэеплъ фочымкIэ Гордиенкэ Афанасий Ефим и къуэм фашист 424-рэ хигъэщIащ.
Фашист миным щIигъу зэтраукIащ Ильинрэ Гордиенкэрэ Андырхъуей Хъусен и фэеплъ фочымкIэ. Зауэм и мафIэ лыгъэм къелащ лIыхъужьхэм я фоч цIэрыIуэр: нобэ ар щахъумэ Урысей Армэм и Музей Нэхъыщхьэм.
Шууей
Ацумыжь Айдэмыр хы Iуфэм Iус ШахэкIей шапсыгъ къуажэм 1912 гъэм къыщалъхуащ.
Бийр Кавказ Ищхъэрэм къэблэгъауэ, Псыжь щыпсэухэм шуудзэ корпус къызэрагъэпэщауэ щытащ. Абы хыхьащ Ацумыжь Айдэмыри.
Шапсыгъ щIалэр зыхэт шуудзэм Кавказым къиужьгъа бийм хэщIыныгъэшхуэ иратащ 1942 гъэм и гъэмахуэм. Абы щыгъуэ Айдэмыр къратащ «Хэку зауэ» орденым и япэ нагъыщэр.
Новкус-Артезиан къуажэм деж (Псыжь губгъуэ) зауэ гуащIэ щекIуэкIащ 1942 гъэм. Абдежми лIыгъэшхуэ къыщигъэлъэгъуащ адыгэлIым: ар зыхэт батареем нэмыцэ танк, топ куэд икъутащ, фашист куэди зэтриукIащ. А зауэ гуащIэм хэкIуэдащ езы Айдэмыри. Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэр абы 1943 гъэм къыфIащащ.
ЛIыхъужьым и цIэр фIащащ ар къыщалъхуа шапсыгъ къуажэм дэт еджапIэм, фэеплъи щыхуагъэуващ ШахэкIей.
Лъостэнхьэблэ - Эльбэ
Бжьыхьэкъуэ Къымчэрий Адыгейм щыщ Лъостэнхьэблэ 1919 гъэм къыщалъхуащ, абы щызэхэт колхозым щылэжьащ.
1940 гъэм дзэм ираджащ, Хэку зауэшхуэм и япэ махуэм щыщIэдзауэ фронтым Iутащ. Миномёт батареем хэту лейтенант нэхъыжь Бжьыхьэкъуэм зауэ гъуэгуанэ кIыхь зэпичащ. 1941 гъэм Москва бийм щызыхъума зауэлI хахуэхэм яхэтащ Бжьыхьэкъуэр. Ар Харьков, Полтавэ, Смоленск къалэхэм деж щызэуащ, Одер псым япэ зэпрыкIахэм ящыщщ, Эльбэ псым дежи лIыгъэшхуэ къыщигъэлъэгъуащ. Зауэм щызэрихьа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ папщIэ Бжьыхьэкъуэ Къымчэрий «Бэракъ Плъыжь», «Хэку зауэ», «Вагъуэ Плъыжь» орденхэр, медаль зыбжанэ къратащ.
Одеррэ Эльбэрэ деж щызэрихьа лIыгъэм папщIэ Бжьыхьэкъуэ Къымчэрий Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэр къыфIащащ.
1968 гъэ пщIондэ дзэм къулыкъу щищIащ абы, полковник цIэр зэрихьэу. 1991 гъэм Бжьыхьэкъуэ Къымчэрий дунейм ехыжащ.
ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "712.txt"
} |
Адыгэ (къэбэрдей) дзэпщхэр
Курыт лIэщIыгъуэхэм къыщыщIэдзауэ дуней псом цIэрыIуэ щыхъуауэ щытащ адыгэхэм я шуудзэр. Урыс офицер Торнау Фёдор (лъэпкъкIэ нэмыцэщ) 1864 гъэм итхыгъащ: «Венгрхэм я шуудзэм пэхъун щымыIэущ иджыри къэс зэралъытэр, адыгэ шуудзэр абы куэдкIэ йофIэкI. Зы шэрджэс шур кърым хъаным и дзэм - шу тIощIым - ятокIуэ» («Кавказ офицерым и гукъэкIыжхэр»). Адыгэ шуудзэм хузэфIэкIыр зи нэгу щIэкIа дзэпщ гуэрым итхыгъащ: «Адыгэ шур бийм ебгъэрыкIуамэ, аслъэныр Iэщ хъушэм хэлъэда хуэдэщ».
Апхуэдэ шуудзэ дэшэс зэпытащ адыгэ дзэпщым. Генерал Бларамберг Иоаганн 1834 гъэм итхыгъащ, зауэ къалъыкъуэкIмэ, къэбэрдейхэм шу мин 30 ягъэшэсыфу зэрыщытар. Лъэсыдзэуи абы нэхърэ мынэхъ мащIэ ядежьэрт къэбэрдей шуудзэм. А псом пашэ хуащIыр лIыгъэрэ хахуагъэкIэ цIэрыIуэ хъуауэ, хэкум и щIыхьыр дзыхь зрагъэз дзэпщхэрт.
Къэбэрдейм и тхыдэм щымащIэкъым апхуэдэ дзэпщхэр - ди лъахэм и хуитыныгъэм папщIэ зи псэм емыблэжа шу пашэ щэджащэхэр.
КЪЭРМОКЪУЭ Хьэмид.
Инал Нэху
АДЫГЭ тхыдэми IуэрыIуатэми щыцIэрыIуэщ Инал. ЩIэныгъэлIхэм зэратхымкIэ, ар Мысырым пащтыхь щыхъуауэ щыта адыгэ мамлюкхэм ящыщщ, Мысырым 1453 - 1461 гъэхэм щыпащтыхьащ, хэкум къигъэзэжа нэужь, адыгэ лъэпкъхэр зэгуигъэхьэн, зы къэралыгъуэ иухуэн хузэфIэкIащ.
Нэгумэ Шорэ зэритхымкIэ, Инал Абхъазым щылIащ, абы и кхъащхьэм абхъазхэр «Инал къубэкIэ» («Инал и кхъащхьэ») иджыри къэс йоджэ.
«Инал лIа нэужь, - етх Нэгумэ Шорэ, - цIыхухэм ядакъым абы и къуэхэм едэIуэн. Хэкум и унафэр зэрызэрахьэн акъылрэ фIэлIыкIрэ ябгъэдэлъакъым абыхэм. Аркъудейми къыщынакъым: я пагагъымрэ я хьэл мыхъумыщIэмрэ цIыхухэм яхуэмышэчыж хъуащ, езыр-езыру зэныкъуэкъужу щIадзащ, Инал зэтриубла IуэхуфIхэр якъутэжри, нэхъыщIэр нэхъыжьым емыдэIуэж хъуащ».
Инал пщышхуэм и мурадыр абы и къуэхэм къагурыIуакъым - зэщыхьэжри я щIыб зэхуагъэзэжащ. Абы къыдэкIуащ адыгэхэм и ужькIэ къатепсыха насыпыншагъэ псори.
Инал и щIэблэщ къэбэрдейхэм, беслъэнейхэм, кIэмыргуейхэм, бжьэдыгъухэм, жанейхэм, хьэтыкъуейхэм, натхъуэджхэм я пщы лIакъуэхэр. Осетин усакIуэшхуэ Хетагуров Коста и лъэпкъри, езым зэритхымкIэ, Инал и къуэхэм ящыщ зым (Хьэтагъ) къытехъукIащ.
Инал и цIэр зэрехьэ Iуащхьэмахуэрэ Балъкъ псыщхьэрэ я зэхуаку дэт бгы лъагэм.
Беслъэн ПцIапцIэ
ИНАЛ и къуэрылъху Жанхъуэт и къуэщ, щыпсэуар ХVI лIэщIыгъуэм и кIэухырщ, ХVI лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэ плIанэм хуозэ. Пщы уэлийуэ щытащ. ЗэрылIышхуэм щхьэкIэ «ПцIапцIэ» дзыр теIукIащ. Тэрч и хэхуэжыпIэм дзэ ишэурэ, Къэбэрдейм и гъунапкъэхэм зригъэубгъуащ, и дзэр Астрахъани Дербенти щынишэс къэхъуащ - абыхэм я лъахэр иубыдын папщIэ. Къэбэрдейм къихьэ сатуущIэ гъуэгухэр шынагъуэншэ хъуауэ щытащ абы иужькIэ.
Лъэпкъыр арэзы зытехъуа хабзэ куэд зэтриублащ, ахэр Къэбэрдейм дежкIэ конституцэ пэлъытэ хъуащ.
Щолэхъу
ТАЛЪОСТЭНХЭ я лъэпкъым щыщщ, Къэбэрдейм и пщIэр лъагэ зэрыхъуным щIэкъу зэпытащ, хэкум и хуитыныгъэм щIэзэуащ, Идар Къамбулэтрэ Къетыкъуэ Аслъэнбэчрэ дунейм ехыжа нэужь, Къэбэрдейм и пщышхуэ (пщы уэлий) хъуащ. Урыс пащтыхьым гъунэгъу зэрыхуэхъуным хущIэкъуащ - ар къехъулIауэ плъытэ хъунущ, и IуэхущIафэм тепщIыхьмэ. И лIыгъэм, и зекIуэхэм папщIэ Щолэхъу «пщы щэджащэ» цIэр теIукIащ. «Щолэхъу- кIэ» зэджэ шы лъэпкъыр зи Iэужьыр а пщы цIэрыIуэрщ. Адыгэхэми гъунэгъу лъэпкъхэми я тхыдэми я IуэрыIуатэми щыгъунэжщ пщы щэджащэ Щолэхъу и хъыбархэр. Пасэрей адыгэ уэрэдхэм ящыщ зым мыпхуэдэ сатырхэм ущрохьэлIэ:
Щэджащэуэ ди Щолэхъужь,
Пщыуэ хъуам уранэхъ хахуэт,
ХахуэкIэ ди джатэрыжэ,
Жэрыбэр уэркъым езыт,
Зи тыгъэм щIэмыфыгъуж,
Щэджащэуэ ди Щолэхъужь!
Джатэрэ лIыгъэкIэ Щолэхъу Къэбэрдейм къыхуихьа пщIэмрэ фIэлIыкIымрэ хуэдиз ди хэкум зэи иIэжакъым абы иужькIэ.
Щолэхъу 1616 гъэм дунейм ехыжащ.
Идар
ИНАРМЭС и къуэщ, Инал и къуэм и къуэрылъхущ. Хъыбархэм къызэрыхэщымкIэ, Идар и анэр бжьэдыгъу гуащэщ - Хъымыщ Елджэр ипхъущ. Идар и адэр щылIэм, сабийр здихьыжри, гуащэр Бжьэдыгъум кIуэжащ - и дыщым. Абы къыщыхъуащ Идар. Балигъ хъуа нэужь, Идар къэбэрдеипщхэм къеныкъуэкъу хъуащ. КIахэ адыгэхэм щыщ дзэ къришажьэри, Къэбэрдейм къытеуащ - Жанхъуэтхэрэ Минбулэтхэрэ къезэуащ. ДзитIыр Къызбрун деж щызэгурыIуэжащ, Идар Къэбэрдейм и кум щIы щратащ (абы ИдарейкIэ еджэ хъуащ), пщы нэхъыжьи ящIащ.
Идар лIа нэужь (ХVI лIэщIыгъуэм и 30 гъэхэм) абы и щIэблэмрэ Жанхъуэтхэрэ (Къетыкъуэхэ, Талъостэнхэ) зэщыIеижащ, Къэбэрдейм щытепщэн хуейр яхузэхэмыгъэкIыу.
Идарейм куэд ирагъэкIуакъым: епщыкIубланэ лIэщIыгъуэм и кIэухым нэсщ; абы иужькIэ адрей пщы лIакъуэхэм зэхуагуэшыжащ Идарей щIыналъэр.
Темрыкъуэ
ТЕМРЫКЪУЭКIЭ еджэ хъуауэ къэгъуэгурыкIуэ щхьэкIэ, и цIэ дыдэр КIэмыргуокъуэщ (КIэмыргуейм и къуэ). Сабийуэ и анэм и дыщым (КIэмыргуейм) здишэжати, арагъэнущ абы и цIэр къызыхэкIар.
Урысейр здигъэIэпыкъуурэ, Къэбэрдейр зэгуигъэхьэным, абы тепщэ щыхъуным щIэныкъуэкъуащ, ауэ ар къехъулIакъым - пщыхэм я нэхъыбэр акъылэгъу къыдэхъуакъым, Урысейм и IэмыщIэ зралъхьэн мурад яIэтэкъым.
Къэбэрдейм къытеуэрей кърым хъанымрэ Нэгъуей ЦIыкIумрэ хэкур зэращихъумэным яужь итащ. Жагъуэгъу къыхуэхъуа къэбэрдеипщхэми езэуащ, урысыдзэр здигъэIэпыкъуурэ. Бий мэхъаджэ къащытеуэм, Темрыкъуэ беслъэнейхэмрэ абазэхэмрэ гъусэ къыхуэхъуащ. Темрыкъуэ и жэрдэмкIэ, къэбэрдейхэм быдапIэ щаухуащ Сунжэ псыр Тэрч щыхэхуэм деж (иджырей Грозный къалэм пэмыжыжьэу).
Кърым хъаным и дзэр 1571 гъэм кIахэ адыгэхэм къащытеуам щыгъуэ, дзэ иришажьэри, ди лъэпкъэгъухэм ядэIэпыкъуащ. ДзитIыр Ахупс деж щызэзэуащ, хъаным и дзэр абдеж щызэхакъутащ. А зауэм уIэгъэ хьэлъэ щыхъуащ Темрыкъуэ, уIэгъэм 1571 гъэм илIыкIащ, и къуитI (Мамсырыкъуэрэ Думэныкъуэрэ) гъэр хъуащ.
Идар Темрыкъуэ и щIэблэм къатехъукIащ Урысейм и тхыдэм щыцIэрыIуэ Черкасскэхэ я лъэпкъыр.
Темрыкъуэ мыпхуэдэ уэрэд хуаусыгъащ:
Хуарэжь гущэм и дзэпкъыр къуапэти,
МазиблкIэ уанэ темыхт.
Къэбэрдейм ди зэхэзекIуэри
ЩэджащэкIэ Темрыкъуэ лIыхъут.
МыдэкIэ Хъуэхъужьым и шащхьэр
УэсыщIэу зытезыгъасэ,
Сэрэкъамышым къыхэкIа шур
Шэ закъуэкIэ тхуезыудых,
Ахупс аузыр мэз куукIэ къытхуэзыгъэнщI…
Мамсырыкъуэ
ТЕМРЫКЪУЭ и къуэ нэхъыжьщ. Мэзкуу кIуауэ, 1565 гъэм, урыс пащтыхьым елъэIуауэ щытащ Къэбэрдейм къыдигъэIэпыкъун щхьэкIэ. Кърым хъаным и дзэм Ахупс деж къэбэрдейхэр щезэуам абыхэм яхэтащ Темрыкъуи абы и къуитIри - Мамсырыкъуэрэ Думэныкъуэрэ тэтэрхэм гъэр ящIащ (иужькIэ къащэхужащ). 1583 гъэм Мамсырыкъуэ и шухэмрэ къэзакъхэмрэ Дербент къыблэкIа тыркудзэр зэхакъутащ.
Мамсырыкъуэ здагъэIэпыкъуурэ, урыс дзэпщхэм зыпащIащ Дагъыстэным, Куржым, бгырыс лъэпкъхэм я лIыщхьэхэм.
Къетыкъуэ Аслъэнбэч дунейм ехыжа нэужь, Къэбэрдейм и пщы нэхъыжь IэнатIэм щIэкъуащ, ауэ ар къылъагъэсакъым - пщы нэхъыжь хъуар Щолэхъу Тепсэрыкъуэщ.
1601 гъэм ПщыIэпщокъуэ Къазий Мамсырыкъуи абы и къуэш Думэныкъуи иригъэукIащ.
Мэзкуу и уэрамхэм ящыщ зым илъэс щиплIым щIигъуауэ зэрехьэ Мамсырыкъуэ и цIэр - Мастрюковская.
Джылахъстэн Адэлджэрий
ДЖЫЛАХЪСТЭНХЭ я лъэпкъым щыщ Тэтэрхъан и къуэ нэхъыжьщ. Дарьял псыхъуэр IэщIэлъащ, абы дэкI гъуэгум щызекIуэхэм теплъэкъукIакъым. Бгырысхэм я деж пщIэшхуэ щиIащ, абыхэм Iуэхутхьэбзэ мащIэ яхуищIа-къым.
Адэлджэрий и шыпхъур, Русудан, куржы пащтыхь Вахтанг Еханэм и щхьэгъусащ. Русудан и бынхэр цIэрыIуэ щыхъуащ Куржыми Урысейми, абыхэм дзэпщ лъэрызехьэхэр къахэкIащ. Адэлджэрий шуудзэ игъэшэсурэ Куржым куэдрэ дэIэпыкъуащ, зэрыпхъуакIуэхэм ящихъумащ.
1752 гъэм Джылахъстэн Адэлджэрий шу минрэ щитхурэ Куржым иришауэ щытащ, ар бийхэм ящихъумэн папщIэ. Джылахъстэней дзэпщым апхуэдэ Iуэхутхьэбзэ къазэрыхуищIар куржыхэм ноби ящыгъупщэркъым. А гъэращ езыри дунейм щехыжар.
Жанхъуэт Талъостэн
ЩЫПСЭУАР ХV лIэщIыгъуэм и кIэмрэ ХVI лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэ щанэмрэщ. Талъостэнейр къызэзыгъэпэщар аращ, абы IэщIэлъащ Дарьял псыхъуэмрэ Тэрч псым и IуфитIымрэ.
Талъостэн Инал и къуэрылъхум и къуэщ. Бахъшысэрей зекIуэм щыгъуэ (1523 гъэм) Къэбэрдейм и дзэм пашэ яхуэхъуар Талъостэнщ. Керчь тIуалэм зэпрыкIри, зауэурэ Бахъшысэрей нэсащ, къэбэрдейхэм я дзэр, кърым хъаным и къалащхьэр къаувыхьащ. НэгъуэщI къыхуэнэжатэкъыми, дзэм яхуэхь фIыгъуэр къаритащ хъаным - арыншамэ, я щхьэр храгъэлъхьэнут, езыри яIэщIэукIэнут.
Талъостэн Къызбрун зауэм хэкIуэдащ - Инармэс Идаррэ Жанхъуэтхэрэ щызэзэуам щыгъуэ.
Жамырзэ Алъхъэс
ДЖЫЛАХЪСТЭНХЭ я лъэп къым щыщщ, а лъэпкъыр къызытехъукIа Минболэт Джылахъстэн и къуэрылъхущ, лIакъуэлIэш лъэрызехьэ дыдэхэм хабжэ, Астрахъанрэ Куржымрэ зэпызыщIэ гъуэгум щытепщэ зэпытащ. И шыпхъур Кахетием и пащтыхь Александр и щхьэгъусащ, абы и хьэтыркIэ Куржым пщIэшхуэ щиIащ, куржы лIыкIуэхэр Урысейм щыкIуэкIи урыс лIыкIуэхэр Куржым щыкIуэкIи ядэIэпыкъуащ, и нэIэ ятригъэт зэпытащ. Дзыхь нэхъ зригъэзыр Иранырати, абы и шахыр малъхъэ ищIауэ щытащ. Жамырзэ Алъхъэс хэмытауэ зы Iуэхушхуи щызэфIахакъым а зэманым Кавказ Ищхъэрэм - апхуэдэ фIэлIыкI иIащ а пщым.
Щоджэныкъуэ Алыджыкъуэ
ЩОДЖЭНЫКЪУЭ Алыджыкъуэ ХVII лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэм Къэбэрдейм бжьыпэр щызыIыгъа пщыхэм ящыщщ. И адэ къуэшыр, Къазий, дунейм ехыжа нэужь, Алыджыкъуэ лъэпкъ унафэр илъэс плIыщIкIэ IэщIэлъащ.
ПщIэ щIыхуащIын IуэхуфI куэд яхуилэжьащ къэбэрдейхэм, абы щыхьэт тохъуэ тхыдэри IуэрыIуатэри. Кърым хъаным шу минищ къыIрихри, и адэ къуэшым илъ ищIэжыху етIысэхакъым - ар Тепсэрыкъуэ Щолэхъурэ нэгъуейхэмрэ Къулъкъужын зауэм щаукIауэ щытащ. Куэд щIауэ Къэбэрдейм къыхуэдзэлашхэ Нэгъуеишхуэм ди лъахэр щихъумэн хузэфIэкIащ.
Нэгъуеишхуэр Индыл адрыщI Iэпхъуа нэужь, Алыджыкъуэ и пщIэр нэхъри лъагэ щыхъуащ Къэбэрдейм. Индыл адрыщI щизэгъакъым нэгъуейхэр, ягу техуакъым къэбэрдейхэр Кавказ Ищхъэрэм тепщэ зэрыщыхъуар. Ар зигу темыхуэ адыгэпщхэри мащIэтэкъым - ахэр Алыджыкъуэ къебгъэрыкIуащ. КъебгъэрыкIуа щхьэкIэ фIы щIахакъым: Алыджыкъуэ ахэр Балъкъ псыхъуэ щызэхикъутащ. Абы иужькIэ Алыджыкъуэ тегушхуэгъуафIэ ящIыжакъым.
ПщыIэпщокъуэ
ХVI ЛIЭЩIЫГЪУЭМ и кум щегъэжьауэ Идархэ я лъэпкъым еныкъуэкъу зэпытащ, Къэбэрдейм бжьыпэр щиубыдын мурад ищIауэ. Идар Темрыкъуэ хэкум ирихун хузэфIэкIащ - 1563 гъэм. Темрыкъуэ Астрахъан зыщигъэпщкIуащ. Урыс пащтыхьыр (Грозный Иван) и щыкъу адэм къыдэIэпыкъуащ - фочауэ 500-рэ къэзакъ шу 500-рэ къритащ. Ар къигъэсэбэпри, Темрыкъуэ ПщыIэпщокъуэ ебгъэрыкIуащ. ПщыIэпщокъуэ икIуэтакъым, зызэщIиузэдащ, дзэшхуэ игъэшэсри, Идарейр зэтрикъутащ.
Идар Темрыкъуэ и лъэIукIэ урысхэм быдапIэ Къэбэрдейм къращIыхьащ. Ар игу техуакъым ПщыIэпщокъуэ, тырку сулътIанри кърым хъанри арэзытэкъым абыкIэ. Ахэр здигъэIэпыкъури, ПщыIэпщокъуэ урыс быдапIэр икъутащ. Темрыкъуэ дунейм ехыжа нэужь, ПщыIэпщокъуэ Къэбэрдейм бжьыпэр щиубыдащ.
Къазий
ЗИ ПЩIЭР лъагэ дыдэ пщыуэ щытащ. ПщыIэпщокъуэ и къуэщ. Ар хэмытауэ е хэмыIэбауэ Къэбэрдейм зы Iуэхуи къыщыхъуакъым. И адэр лIа нэужь, Идархэ я лъэпкъым еныкъуэкъу пщыхэм я пашэ хъуащ. Темрыкъуэ и къуэхэр, Мамсырыкъуэрэ Думэныкъуэрэ, езыгъэукIар аращ - 1600, 1601 гъэхэм. Идархэ ялъ зэращIэжынум шэч къытрихьэртэкъыми, Беслъэнейм Iэпхъуэри, абы илъэсищкIэ щыпсэуащ. Къэбэрдейм къигъэзэжа нэужь, Идархэ екIужащ. Урыс пащтыхьым дзей зыхуищIауэ игъэIуа щхьэкIэ, Къэбэрдейм и Iуэхум псэуху зы хами къыхигъэIэбакъым. Тепсэрыкъуэ Щолэхъурэ Нэгъуеишхуэм я хъанымрэ къращIылIа зауэм (Къулъкъужын зауэм) 1615 гъэм хэкIуэдащ.
Къазий и цIэр зэрехьэ Балъкъыщхьэ узыщрихьэлIэ хъупIэ лъагэм, ар пщым ейуэ щытащ, аращ и цIэр щIытеIукIар.
Сэнджэлей
КЪАНКЪЫЛЫШ Сэнджэлей и къуэ нэхъыщIэщ. 1642 гъэм Мэзкуу Iэпхъуэри, урысей лIыщхьэхэм ящыщ хъуащ, къулыкъушхуэ куэд дзыхь хуащIащ, боярин цIэр къыфIащащ. Урысей пащтыхьыр щежьэм деж къэрал унафэр къызыхуигъанэр Сэнджэлейт. Черкасский Григорий - апхуэдэцIэкIэщ урысей тхыдэм къызэрыхэнар. Къэбэрдейм иришри фочыщIэ зыбжанэ Мэзкуу дигъэтIысхьащ, урыс щIалэхэр а IэщIагъэм хуригъэджэн щхьэкIэ.
Къэбэрдеймрэ Урысеймрэ яку дэтащ Сэнджэлей, а къэралхэр зэрызэгурыIуэным, зэрызэдэлэжьэным щIэкъу зэпытащ.
Сэнджэлей и адэмрэ и къуэшхэмрэ (Щолэхъу, Муцал), и къуэшым и къуэ Къасбулэт сымэ Идарейм щыпсэуащ - Тэрч псым и Iуфэм.
Астрахъанрэ Царицынрэ я воеводэ (Iэтащхьэ) къулыкъур зэрихьащ.
Къанкъылыш Сэнджэлей
ИДАР Темрыкъуэ и шынэхъыщIэ Жылэгъут и къуэрылъхущ. Каспий тенджыз Iуфэм Iут Тэрч къалэ дэсащ, Идархэ къару ямыIэж хъуа нэужь. Адыгэ къуажэ зыбжани къригъэтIысэкIащ - Тэрч къалэ, Шэрджэс жылагъуэкIэ зэджэри абдеж зыгъэтIысар Сэнджэлейщ.
Тэрч къалэ деж щыса къэзакъ жылагъуэхэри зи IэмыщIэ илъар Сэнджэлейщ. Я лъэпкъым кIэ игъуэтыху (ХVII лIэщIыгъуэм и кIэух пщIондэ), Сэнджэлейхэ Тэрч къали абы и гъунэгъу къэбэрдей, дагъыстэн жылагъуэхэр яIэщIэлъащ.
Сэнджэлей Къэбэрдеймрэ Дагъыстэнымрэ Урысей благъэ зэрыхуищIыным щIэкъу зэпытащ.
ХьэтIохъущыкъуэ
КЪЭБЭРДЕЙМ бжьыпэр щиубыдыху, зы махуи епсыхакъым. И адэшхуэ ПщыIэпщокъуэрэ и адэ Къазийрэ зыщIэкъуа Iуэхур зэригъэкIуэтэнырщ зи ужь итар. И адэ къуэшым и къуэ Алыджыкъуэ гъусэ хуэхъури, Идархэ дигуащ, бжьыпэр езым иубыдащ, Тэрч къалэ дэс урыс дзэпщхэмрэ абыхэм я IупэфIэгъу адыгэпщхэмрэ бэуапIэ яритакъым, Алыджыкъуэрэ ХьэтIохъущыкъуэрэ я дзэм ахэр зэхакъутэн яхузэфIэкIащ. Зыкъаужьыжа нэужь, я бийхэр къалъихъащ ХьэтIохъущыкъуэрэ Алыджыкъуэрэ, Балъкъ деж зауэ гуащIэ щаублащ, абы щытекIуар ХьэтIохъущыкъуэрэ Алыджыкъуэрэщ.
Алыджыкъуэ лIа нэужь, ХьэтIохъущыкъуэ Къэбэрдейм пщы нэхъыжь щыхъуащ. ХьэтIохъущокъуэхэ я унэцIэм къежьапIэ хуэхъуар Къазий и къуэ ХьэтIохъущыкъуэ и цIэращ.
Черкасский Муцал и къуэ Къасболэт
Къетыкъуэ Аслъэнбэч
Идар Темрыкъуэ и къуэ Мамсырыкъуэ
Идар Темрыкъуэ ипхъу Гуащэнэ
ХьэтIэхъщыкъуэ
Джылахъстэн Адэлджэрий и шыпхъу Русудан
Инармэс и къуэ Идар
Идар Темрыкъуэ
Инал Нэху
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "713.txt"
} |
Дунейм щыхъыбархэр
Борэным удэджэгу хъунукъым
Багам хытIыгухэр, США-р махуэ зыбжанэкIэ зыгъэгулэза «Дориан» жьапщэшхуэм и къарур нэхъ кIуэщIащ.
Багамхэм къыщежьа гъуэжькуийм а щIыпIэм щыпсэухэр гузэвэгъуэшхуэ хидзащ. ХъыбарегъащIэ агентствэхэм зэкIэ къызэратамкIэ, а къэхъукъащIэ шынагъуэм хытIыгухэм щыщ цIыху тIощIым щIигъу хэкIуэдащ. Абыхэм я бжыгъэр кIуэ пэтми нэхъыбэ хъуну къалъытэ, сыту жыпIэмэ, жьымрэ псыдзэмрэ зэхакъута унэхэр иджы зэтрахыжу аращ.
Жьапщэшхуэм унащхьэхэр трихырт, жыгхэр кърищIыкIырт, уэлбанэшхуэм и зэранкIэ гъуэгухэр псыежэхыу фIэкIа пщIэртэкъым. Борэнхэм я къэхъукIэхэр, зэрызаужьыр зыджа, абыхэм я лъэщагъхэр зэрызэщхьэщыкI мардэхэр зэхэзылъхьа американ щIэныгъэлIхэу Саффиррэ Симпсонрэ я пщалъэмкIэ уеплъмэ, хытIыгухэм борэным къаруушхуэ щиIащ - нэхъ шынагъуэ дыдэу къалъытэ етхуанэ увыпIэр иратащ абы IэщIагъэлIхэм.
КъэхъукъащIэ шынагъуэм и зэран цIыхухэм екIынкIэ гузавэхэри, США-м Атлантикэ хы Iуфэхэм къыIуагъэIэпхъукIащ а щIыналъэхэм исхэм ящыщу мини 150-м нэблагъэ. Кхъухьлъатэ телъэтыкIыпIэхэм я рейс щэ бжыгъэхэр ягъэзэщIакъым – кIэщIу жыпIэмэ, цIыху куэд къытекIын хуей хъуащ зэса псэукIэ мардэм.
Зы сыхьэтым километр 280-м нэблагъэ зыкIуф борэным удэджэгу зэрымыхъунур хэт нэхъри нэхъыфIу ящIэ США-м и хы Iуфэм пэгъунэгъуу щыпсэухэм. Илъэс кIуам и жэпуэгъуэм ищхъэрэ-къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ къикIыу Флоридэ штатым къебгъэрыкIуа гъуэжькуийм зы сыхьэтым километр 250-рэ зэпичырт. Абы щыгъуэ цIыху 50 хэкIуэдауэ щытащ, хэщIыныгъэу штатым доллар меларди 5,5-рэ къыхуихьат. Абы и пэ къихуэ илъэсым «Ирма» борэныр нэхъ шынагъуэжт – цIыху 84-рэ хэкIуэдат, хэщIыныгъэуи доллар мелард 50 къихьат.
Иджырей жьапщэшхуэр, мащIэ-куэдми, ялъэIэсащ США-м и Каролинэ Ипщэ, Джорджие, Флоридэ штатхэм щыпсэухэм ящыщу цIыху мелуан 20-м щIигъум – хэти и псэупIэр пIалъэкIэ зыбгынэну зыхуагъэувахэм яхэхуащ, хэти игъэIэпхъуэн хуей хъуащ зэфIигъэкIыну зытриухуа Iуэхухэу борэныр къыщыхъуа зэманым ирихьэлIахэр.
ЩIыуэпсыр щымыщIагъуэ щIыналъэхэр
УФ-м ЩIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэм хэIущIыIу ищIащ къэралым и къалэхэу зи хьэуар нэхъ фIейхэр.
ЩIыуэпсым зэран хуэхъу гъуэзхэр къызыпкърыкI IуэхущIапIэхэр нэхъыбэу здэщыIэр Сыбырырауэ зэрыщытыр наIуэ къащIащ иджыблагъэ абы теухуауэ ирагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм. ЩIыуэпсыр зыуцIэпI заводхэмкIэ Урысейм япэ увыпIэр щиIыгъщ а щIыналъэм - процент 30,6-рэ, нэхъ мащIэ дыдэ здэщыIэр Кавказымрэ КъуэкIыпIэ Жыжьэмрэщ – процент 0,9-рэ.
Зи хьэуар нэхъ фIей дыдэу 2018 гъэм къалъытахэм ящыщщ Норильск, Новокузнецк, Магнитогорск, Череповец, Абакан, Ангарск, Барнаул, Братск, Зима, Иркутск, Искитим, Красноярск, Кызыл, Лесосибирск, Минусинск, Петровск-Забайкальский, Свирск, Селенгинск, Улан-Удэ, Усолье-Сибирское, Черемхово, Черногорск, Чита, Шелехов къалэхэр.
Зи щIыр нэхъ мыхьэнэншэхэм хагъэхьащ Приморскэ крайр, Новгородскэ областыр, Санкт-Петербург къалэр. IэщIагъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, абыкIэ щытыкIэр щыщIагъуэкъым Челябинскэ, Кировскэ областхэм, апхуэдэуи Свердловскэ областым, Красноярск крайм, Байкал щIыбым, Осетие Ищхъэрэм я къалэхэм.
Нобэ
♦Болгариер щызэгухьэжа махуэщ. 1885 гъэм Болгарие пащтыхьыгъуэм гухьэжащ КъуэкIыпIэ Румелие щIыналъэр.
♦Пакистаным щагъэлъапIэ зыхъумэжыныгъэм и махуэр
♦Приднестровьем IэщэкIэ зэщIэузэда и къарухэм я махуэщ
♦1872 гъэм Берлин щызэIущIащ императорищ: Вильгельм Езанэр (Германие), Франц Иосиф Езанэр (Австро-Венгрие), Александр ЕтIуанэр (Урысей). Ахэр тепсэлъыхьащ я къэралхэм я зэхущытыкIэхэр егъэфIэкIуэным, я зэпыщIэныгъэхэр гъэбыдэным. Инджылыз-урысей зэхущытыкIэхэр зэрызэIыхьам къыхэкIыу, Урысейм дарэгъухэр къыщилъыхъуэн хуей хъуащ Германиемрэ Австро-Венриемрэ я деж. Адрей къэралхэми я сэбэп зыхэлъхэр пхагъэкIын щхьэусыгъуэт абы къыкъуэувэныр къызыхэкIар.
♦1936 гъэм «СССР-м и цIыхубэ артист» цIэ лъапIэр ягъэуващ. Япэ дыдэу ар зыфIащахэм ящыщщ Немирович-Данченкэ Владимир, Станиславский Константин, Качалов Василий, Москвин Иван, Неждановэ Антонинэ сымэ. СССР-м и тхыдэм щыиужьрейуэ, 1991 гъэм, а цIэр хуагъэфэщауэ щытащ Пугачёвэ Аллэрэ Янковский Олегрэ.
♦1939 гъэм Африкэ Ипщэ Зэгухьэныгъэм фашист Германием зауэ ирищIылIащ.
♦1939 гъэм Райкин Аркадий и унафэщIу Ленинград къыщызэIуахащ эстрадэ миниатюрэхэм я къэрал театрыр.
♦1940 гъэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым унафэ къыдигъэкIащ Къэрал кIэлъыплъыныгъэмкIэ лъэпкъ комиссариатыр къызэрызэрагъэпэщым теухуауэ.
♦1939 гъэм Налшык къалэм шыгъэжапIэ къыщызэIуахащ.
♦1940 гъэм СССР-м Къэрал кIэлъыплъыныгъэмкIэ и цIыхубэ комиссариатыр къызэрагъэпэщащ.
♦1942 гъэм ВЛКСМ-м и обкомым Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIалэгъуалэр къыхуриджащ нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэхэм ялъэкI псомкIи япэщIэувэну.
♦1947 гъэм Москва къалэр илъэс 800 зэрырикъум и щIыхькIэ щыхьэрми абы и метроми Лениным и орденыр иратауэ щытащ.
♦1952 гъэм Женевэ Iэ щытрадзащ авторхэм я хуитыныгъэхэм теухуа конвенцэм.
♦1955 гъэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым къищтащ «УхуакIуэм и махуэр илъэс къэс гъэлъэпIэным теухуауэ» унафэр.
♦1956 гъэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым унафэ къищтащ Сталиным и цIэр зезыхьэ саугъэтхэр Лениным и цIэр зезыхьэ дунейпсо саугъэтхэу зэхъуэкIыным теухуауэ.
♦1989 гъэм париждэсхэм ящыщу мин 41-р къэзыгъэуIэбжьа тхыгъэхэр яIэрыхьат - цIыху яукIауэ, яхъунщIауэ ягъэкъуаншэрт ахэр. Ар къызыхэкIар компьютерыр зэрыщыуарщ - гъуэгум зэрыщызекIуэ хабзэхэр къызэрызэпаудам къыхэкIыу къуэды зэрытралъхьэрт хъыбар зэрырагъащIэ тхылъхэм итын хуеяр.
♦1991 гъэм РСФСР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым унафэ къищтащ Ленинград къалэм и цIэр Санкт-Петербургыу, 1914 гъэ пщIондэ зэрихьамкIэ, зэхъуэкIыжыным теухуауэ. 1712 – 1728, 1732 - 1918 гъэхэм ар Урысейм и къалащхьэу щытащ.
♦1991 гъэм СССР-м и Къэрал советым къищтащ Эстоние, Латвие, Литва республикэхэр щхьэхуит зэрыхъум теухуа унафэ.
♦2001 гъэм Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къэкIуащ.
♦1666 гъэм къалъхуащ Урысейм и пащтыхь, Пётр Езанэм и къуэш Иван Етхуанэр.
♦1928 гъэм къалъхуащ дирижёр, композитор, СССР-м и цIыхубэ артист, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Светланов Евгений.
♦1922 гъэм къалъхуащ Совет Союзым и ЛIыхъужь Куэш Алий.
♦1948 гъэм къалъхуащ УФ-м и Президентым экономикэ IуэхухэмкIэ и дэIэпыкъуэгъуу, къэралым финансхэмкIэ и министру, УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэу щыта Лившиц Александр.
♦1950 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIэныгъэ IуэхухэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Щэрдан Анатолий.
♦1956 гъэм къалъхуащ экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Жамбэч Розиттэ.
♦1973 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, «Ласковый май» гупым и солисту щыта Шатунов Юрий.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, пIалъэ-пIалъэкIэрэ уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 24 – 25-рэ, жэщым градус 15 – 17 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Гъунэгъу зыгъэпудым пудыныгъэ къылъос.
Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "714.txt"
} |
ЦIыхур псэун папщIэ нэхъ мащIэ дыдэу зыхуей ахъшэр яубзыху
КъБР-м и Правительствэм
КъБР-м и Правительствэм хэтхэм я зи чэзу зэIущIэ иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий. Абы Iуэхугъуэ 18-м щыхэплъащ.
КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ - мэкъумэш хозяйствэмкIэ министр Говоров Сергей жиIащ КъБР-м и Правительствэм и Унафэм зэхъуэкIыныгъитI зэрыхалъхьэр. Ар зытеухуар инвестицэ кредит къэзыщтэхэм щхьэщатыкIын хуей ахъшэмкIэ зыщIагъэкъуэн папщIэ республикэ бюджетым къыхэкI субсидие зэратырщ. Хабзэм къызэригъэувымкIэ, инвесторым и проектыр щигъэзэщIэну къыхих хэгъэгум субсидие иритын хуейщ, щIыхуэу къищта ахъшэм техуэ процентымкIэ дэIэпыкъуэгъу хъун папщIэ. «Апхуэдэу республикэм и зыужьыныгъэм зи мылъку къыхэзылъхьэ инвесторхэм компенсацэ ахъшэ еттыжыну дяпэкIэ хуитыныгъэ диIэщ», - жиIащ Говоровым. КъищынэмыщIауэ, федеральнэ унафэм ехьэлIа нэгъуэщI зэхъуэкIыныгъи халъхьащ зи гугъу ящI унафэм и проектым.
КъыкIэлъыкIуэ проектым халъхьэ зэхъуэкIыныгъэм и гугъу щищIым, министрым къыхигъэщащ субсидиехэмрэ грантхэмрэ зрат цIыхухэм ягъэхьэзыру щыта дэфтэрым Къэрал реестрым къыIих тхылъымпIэмрэ налог зэритым теухуа справкэмрэ хэлъын зэрыхуэмейр. Ар дяпэкIэ езы IуэхущIапIэхэм зэIэпахынущ. Говоровым игъэбелджылащ субсидиехэр зратынухэмрэ ар зэрат щIыкIэмрэ я мардэхэми зэрызихъуэжар.
КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ - инфраструктурэмрэ бжыгъэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэмкIэ министр Бэлэтокъуэ Владимир утыку кърихьащ мафIэсгъэункIыфI-къегъэлакIуэ IэнатIэм теухуауэ щыIэ Правительствэ унафэм зэхъуэкIыныгъэ зэрыхалъхьэр. ЦIыху кIуэдахэр къэзылъыхъуэ волонтёрхэм я центр къызэрызэIуахам къыхэкIыу мафIэсгъэункIыфI-къегъэлакIуэ IэнатIэм щылажьэ цIыхухэм я бжыгъэр гъэмэщIэным теухуауэ ягъэхьэзыра проектым псори арэзы техъуащ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм узыншагъэр хъумэн IэнатIэм зыщегъэужьыным ехьэлIа къэрал программэм халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэм я гугъу щищIым КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Хъубий Марат жиIащ къэрал программэр 2020 гъэ хъуху зэрагъэзэщIэну щIыкIэм зэрызихъуэжар, бюджетым къыхэкI мылъкур зытрагъэкIуадэхэм зэрыхэплъэжар. Апхуэдэу 2019 гъэм иджыри сом мелуани 4-рэ мин 858-рэ хухахащ Матвеевский жылэмрэ Безенги къуажэмрэ ФАП дащIыхьын папщIэ, къищынэмыщIауэ, Онкологие диспансерыр и кIэм нагъэсын папщIэ 2019 гъэм сом мелуани 3-рэ мин 780-рэ, 2020 гъэм сом мелуани 9-рэ мин 420-рэ трагъэкIуэдэну яубзыхуащ.
КъБР-м лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министр Асанов Алим 2019 гъэм и етIуанэ Iыхьэм цIыхур псэун папщIэ нэхъ мащIэ дыдэу зыхуей ахъшэр зыхуэдизыр гъэувыным теухуа унафэм и проектыр утыку кърихьащ. Ар сом 12431-рэ мэхъу. IэнатIэ пэрыт цIыхум - сом 12834-рэ, пенсэ ныбжьым итым - сом 9565-рэ, сабийм - 12707-рэ тохуэ.
ЗэIущIэм и кIэухым Мусуков Алий Правительствэм и щIыхь тхылъ иритащ КъБР-м финансхэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Лисун Еленэ.
НэщIэпыджэ Замирэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "715.txt"
} |
Дунейм щыхъыбархэр
Хэхыныгъэхэм кърикIуахэр щызэхалъхьэж
Тхьэмахуэ махуэ кIуам, фокIадэм и 8-м, къэралым щызэхэтащ хэхыныгъэхэр - УФ-м и субъект 85-м щекIуэкIащ хэхыныгъэ, референдум зэхуэмыдэу 6015-рэ. Абыхэм ящыщу щIыналъэ 16-м я унафэщIхэр, хабзэубзыху зэхуэс 13-м, къалэ Думэ 21-м я депутатхэр, апхуэдэуи щIыналъэ къалащхьэхэм я Iэтащхьэу щы щыхахащ.
Зэрыщыту къапщтэмэ, хэхыныгъэхэр зэщIэгъэуIуауэ, хабзэр ущIэгузэвэн хуэдэу къызэпамыуду екIуэкIауэ къалъытащ.
Урысей Федерацэм и щIыналъэ 16-м я унафэщIу а махуэм хахащ:
Байкал щIыб крайм - Осипов Александр;
Къалмыкъ Республикэм - Хасиков Бату;
Башкирие Республикэм - Хабиров Радий;
Алтай Республикэм - Хорохордин Олег;
Астраханскэ областым - Бабушкин Игорь;
Ставропольскэ крайм - Владимиров Владимир;
Волгоградскэ областым - Бочаров Андрей;
Вологодскэ областым - Кувшинников Олег;
Курганскэ областым - Шумков Вадим;
Курскэ областым - Старовойт Роман;
Липецкэ областым - Артамонов Игорь;
Мурманскэ областым - Чибис Андрей;
Оренбургскэ областым - Паслер Денис;
Сахалиным - Лимаренкэ Валерий;
Челябинскэ областым - Текслер Алексей;
Санкт-Петербург къалэм - Беглов Александр.
Дызэрыщыгъуазэщи, хэхыныгъэхэм япэ къихуэу псалъэмакъ нэхъыбэ зращIэкIахэм ящыщщ Москва къалэ Думэм ехьэлIахэр. Властым и парту къалъытэ «Урысей зэкъуэтым» нэгъуэщIхэм щыщхэр къалэ унафэм иримыгъэкIуалIэу жаIэу, хэхыныгъэ хабзэр къызэпауду иужьрейхэр ягъэкъуаншэу Москва зэныкъуэкъушхуэхэр зэрыщекIуэкIар дощIэж. ЦIыхухэр къызэрызэрыIэтамрэ я мыарэзыныгъэхэр ткIийуэ къызэрагъэлъэгъуамрэ къалэ унафэщIхэр зэригъэгузэвам шэч хэлъкъым.
ЗэпэщIэтыныгъэр щIэгуащIэри гурыIуэгъуэщ - УФ-м и щIыналъэхэм ящыщу мылъку нэхъыбэ дыдэ щызэрагъакIуэр къалащхьэрщ (2019 гъэм тещIыхьауэ - сом триллиони 2,74-рэ).
Къалащхьэм и Iэтащхьэ Собянин Сергей мыгъэрей хэхыныгъэхэм кандидатхэр гуащIэу щызэныкъуэкъуауэ къилъытащ. «Москва и парламентыр политикэ лъэныкъуэ куэд къызэщIэзыубыдэ хъуащ икIи ар къалэм зиужьынымкIэ сэбэп хъун хуейщ», - жиIащ Собяниным.
Москва къалэ Думэм мы иджырей хэхыныгъэхэм «Урысей зэкъуэт» партым и кандидатхэр къыщигъэлъэгъуакъым. Депутат мандатым щIэбэныну хуейхэм езыхэм зыкъагъэлъэгъуэжри, апхуэдэу хэтащ хэхыныгъэхэм. Бюллетенхэм я проценти 100-р къабжа нэужь наIуэ къызэрыхъуамкIэ, къалэ Думэм и мандат 45-м щыщу абыхэм къалъысащ 25-рэ, КПРФ-м щыщхэм - 13, «Яблоко» партым - 4, «Захуагъэ здэщыIэ Урысейм» - 3.
«Урысей зэкъуэтым», япэхэм хуэдэу, парламентым тIысыпIэ куэд къыщылъысакъым иджы. 2014 гъэм екIуэкIа хэхыныгъэхэм абы щыщу къалэ Думэм хагъэхьат цIыху 38-рэ, КПРФ-м - 5, ЛДПР-м - 1, «Родина»-м - 1.
Нэрылъагъущ къалащхьэм и парламентым зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр къызэрыщыхъуар, абыкIи къызэрымыувыIэнур.
Нобэ
♦Фадэ емыфэным и Урысейпсо махуэщ
♦Урысей Федерацэм IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм гъэсэныгъэ лэжьыгъэмкIэ я IэщIагъэлIхэм я махуэщ
♦США-м щагъэлъапIэ хэкупсэм и махуэр
♦Аргентинэм и егъэджакIуэм и махуэщ
♦1812 гъэм Аляскэм япэу итIысхьащ урыс лъэпкъым щыщ гупхэр - Форт Росс зыфIаща щIыналъэр къэунэхуащ.
♦1882 гъэм Москва къыщызэIуахащ Урысейм щыяпэ уней театрыр. Ар къызэригъэпэщат драматург, зэдзэкIакIуэ, уэчыл Корш Фёдор.
♦1918 гъэм Урысейм и ЦIыхубэ комиссархэм я советым унафэ къищтащ къэралыр дуней псор зытет мардэхэм - бгъуагъ-кIыхьагъыр, хьэлъагъыр, н.къ. къызэралъытэ пщалъэхэм - зэрытехьэм теухуауэ.
♦1943 гъэм Къуэныкъуей Назир дзэ къалэн иIэу япэ дыдэу уэгум ихьащ икIи япэ нэмыцэ кхъухьлъатэр къриудыхащ, абы папщIи генерал Савицкэм япэ орденыр къритащ.
♦1957 гъэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым унафэ къищтащ къалэхэм, заводхэм парт къулыкъущIэхэм я цIэхэр ахэр иджыри псэууэ фIащу къекIуэкI хабзэр мыдэным теухуауэ.
♦1961 гъэм къызэрагъэпэщащ Дыкъэузыухъуреихь щIыуэпсыр хъумэным и дунейпсо фондыр.
♦1973 гъэм Чилим Iэщэ къагъэсэбэпу щрагъэкIуэкIа зэхъуэкIыныгъэхэм яужькIэ властыр IэщIыхьащ дзэ хунтэм, генерал Пиночет Аугустэ зи пашэм.
♦1986 гъэм Польшэм хуит щащIыжащ политикэ щхьэусыгъуэкIэ ягъэтIыса псори.
♦2000 гъэм Осетие Ищхъэрэм и Правительствэм унафэ къищтащ Кавказым и къуршхэм ящыщ зым «Курск» фIэщыным теухуауэ. Баренцевэ тенджызым 2000 гъэм шыщхьэуIум и 12-м щыщIилъэфа псыщIагъырыкIуэ кхъухьым исахэм я фэеплъыр апхуэдэ щIыкIэкIэ гъэлъэпIэным щIэлъэIуар а бгым япэу дэкIа альпинистийрт.
♦2001 гъэм дунейм щынэхъ ин дыдэ теракт щалэжьащ США-м и Нью-Йорк къалэм. Дэтхэнэри къати 110-рэ хъууэ зэбгъурыту абы дэт унэшхуитIым, Дунейпсо Сату Центрым игъэлажьэм, щIэпхъаджащIэхэм зэрагъакIуэ кхъухьлъатитI еуащ. А гузэвэгъуэм цIыху минищым щIигъу хэкIуэдат.
♦2015 гъэм хьэлъэ къызэраIэт кран техуащ Сауд Хьэрыпым и Мэчэ къалэм дэт Аль-Хьэрэм мэжджытым. Абы щыгъуэ цIыхуи 107-рэ хэкIуэдат.
♦1862 гъэм къалъхуащ США щыщ тхакIуэ цIэрыIуэ, дунейпсо литературэм и классик О’ Генри.
♦1877 гъэм къалъхуащ совет къэрал лэжьакIуэ, ВЧК-м и къызэгъэпэщакIуэ Дзержинский Феликс.
♦1894 гъэм къалъхуащ совет кинорежиссёр, тхакIуэ, драматург, УФ-м и цIыхубэ артист Довженкэ Александр.
♦1900 гъэм къалъхуащ совет конструктор, ЛаГГ и Ла, кхъухьлъатэхэр къэзыгупсыса Лавочкин Семён.
♦1928 гъэм къалъхуащ совет актёр, РСФСР-м и цIыхубэ артист Ларионов Всеволод.
♦1929 гъэм къалъхуащ балетмейстер, КъБР-м и цIыхубэ артист, УФ-м щIыхь зиIэ и артист Дашу Хьэшыр.
♦1935 гъэм къалъхуащ кхъухьлъатэзехуэ-космонавт, авиацэм и генерал-полковник, Совет Союзым и ЛIыхъужь Титов Герман.
♦1937 гъэм къалъхуащ СССР-ми КъБР-ми я цIыхубэ артист, жылагъуэ лэжьакIуэу щыта Кобзон Иосиф.
♦1954 гъэм къалъхуащ КъБКъУ-м и ректор, техникэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, РАЕН-м и академик Алътуд Юрий.
♦1961 гъэм къалъхуащ урысей актёр, УФ-м и цIыхубэ артист Добронравов Фёдор.
♦1962 гъэм къалъхуащ эстрадэм и артист, УФ-м и цIыхубэ артист Бандурин Николай.
♦1965 гъэм къалъхуащ Сирием щыщ къэрал къулыкъущIэ, 2000 гъэ лъандэрэ абы и президент Хафез ал-Асад Башар.
♦1970 гъэм къалъхуащ генерал-майор, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и Следственнэ комитетым и лэжьакIуэ Хьэжмусэ Руслан.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, пIалъэ-пIалъэкIэрэ уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 17 - 18, жэщым градус 12 - 14 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Жьы зэрымысым нэмыс илъкъым,
щIэ зэрымысым насып илъкъым.
Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "716.txt"
} |
Адыгэ (къэбэрдей) дзэпщхэр
Къэбэрдеипщхэмрэ Джылахъстэней пщыхэмрэ. Сурэтыр зыщIар наIуэкъым. ХVII лIэщIыгъуэ
(КIэухыр. ПэщIэдзэр №59-м итщ).
ХVII лIэщIыгъуэм икухэм щыщIэдзауэ ХьэтIохъущокъуэхэ нэхъ цIэрыIуэрэ фIэлIыкI нэхъ зиIэрэ Къэбэрдейм исакъым.
Тэрч псыр тенджызым щыхэхуэм деж, Идар и къуэ Темрыкъуэ и лъэIукIэ, урыс дзэпщхэм быдапIэ (Тэрч къалэ) тращIыхьауэ щытащ. Къалэр урыс пащтыхьым еувэлIа адыгэпщхэм хэщIапIэ яхуэхъуащ. Урыс дзэпщхэм я тIасхъэщIэххэм яхэтащ ШужьеипщкIэ зэджэр. Ар къищIэри, ХьэтIохъущыкъуэ Шужьейр иригъэукIащ. Тэрч къалэ дэс Чэлимэтыпщым пащтыхьым деж итхыгъащ: «Нэхъапэм, зиусхьэн, кърым хъаныкъуэ Жан-Джэрий къэкIуасэу Къэбэрдейм къыщыкIуам щыгъуэ, си малъхъэ Урыскъан и къуэ Шужьей Алыджыкъуэрэ ХьэтIохъущыкъуэрэ я деж плъакIуэ-дэIуакIуэ щыIэти, хъаныкъуэмрэ Къазий и бынхэмрэ къаухэс псор си деж къигъэсыжырт, сэ а хъыбархэр зэрызэхэсхам хуэдабзэу уи дзэпщхэм яIэрызгъэхьэжырт. Ар къищIэри, ХьэтIохъущыкъуэ Шужьей къезэуащ, итIанэ и бейгуэл Лъэпщыкъуэ къриутIыпщри, къригъэукIащ».
ХьэтIохъущыкъуэ и адэшхуэмрэ Шужьей и адэ Жансэхъурэ зэшщ.
Шужьей ХьэтIохъущыкъуэ щригъэукIар 1626 гъэрщ е зымащIэкIэ нэхъ пасэущ.
IуэрыIуатэм ихъумащ ХьэтIохъущыкъуэ Шужьей зэриукIам и хъыбар. Мыращ хъыбарым жиIэр:
«ХьэтIохъущыкъуэрэ Шужьейрэ лIыфIыгъуэ зэримыгъахуэурэ бий зэхуэхъуащ. Шужьеипщыр лIы зэщIэмыкIуэжт, лIыгъэ-шыгъэкIэ упэлъэщынутэкъым. Алыджыкъуэ деж кIуэри ечэнджэщащ ХьэтIохъущыкъуэ.
- УемыбзэджэкIауэ упэлъэщынукъым, - къыжриIащ Алыджыкъуэпщым. - Шужьейрэ сэрэ дызэбийщ. Уэрэ сэрэ дызэщыIеижауэ дгъэIунщи, Шужьей деж укIуэнщ, уекIуж зыпщIынщ, Тэтэртуп фыкIуэнщи, тхьэ зэхуэфIуэнщ, къыщывгъэзэжкIэ гъуэгум щыбгъэбэлэрыгъынщ.
Шужьей екIуж зищIащ ХьэтIохъущыкъуэ, Тэтэртуп кIуэри, тхьэ зэхуаIуащ, къыщагъэзэжым зы Iуащхьэ деж щепсыхащ.
- Мы Iуащхьэр Бахъсэн нэхъ и гъунэгъу хьэмэ Шэджэм нэхъ пэблагъэ? - еупщIащ ХьэтIохъущыкъуэ Шужьей.
- Ди пщафIэхэм къащIэнщ, - жиIащ Шужьей.
ПщафIэхэр ирагъэжьащ. ПщафIэхэр щыIукIым, ХьэтIохъущыкъуэ Шужьей еупщIащ:
- КъамэкIэ уепыджмэ, нэхъыфI, хьэмэ сэшхуэкIэ къеупщIэтэхмэ, нэхъыфI? - жери.
- Къэрабгъэр мэпыджэ, лIым къреупщIэтэх, - жиIащ Шужьей, жейм здыхилъафэм.
- КъезыупщIэтэхым ухуэзащ, - жери, ХьэтIохъущыкъуэ Шужьей и щхьэр тIууэ зэгуихуащ.
И щхьэр зэгуипIэжри, Шужьей къызэфIэтIысхьащ, и нэпсыр къыщыщIэкIым, ХьэтIохъущыкъуэ къыхуеплъыхащ:
- Щхьэ угърэ? - жери.
- СыщIэгъыр сызэрылIэракъым, - жиIащ Шужьей. - «Хэт зыукIар?» жаIэрэ щIэупщIэмэ, «ХьэтIохъущыкъуэжь цIыкIуращ» зэрыжаIэнурщ.
Ар жери, Шужьей и псэр хэкIащ. И хьэдэм Iуащхьэ тращIыхьащ. Шужьей и IуащхьэкIэ йоджэ абы иджыри къэс. Iуащхьэр Бахъсэнрэ Шэджэмрэ я зэхуаку дэтщ».
Алъхъэс Мудар
ДЖЫЛАХЪСТЭНХЭ я лъэпкъыр къызытехъукIа Минбулэт Джылахъстэн и къуэрылъхум и къуэщ. Дарьял псыхъуэ дэтIысхьэри, бгым къыщхьэдэх гъуэгум тепщэ щыхъуащ (куржы къалэ Казбеги иджы здэщысым деж щыпсэуащ, и жылэхэри абы игъэIэпхъуэри). Къэбэрдей Iуэхухэм къыхэIэбэ зэпытащ, пщы зэныкъуэкъухэм яку дыхьэурэ. Ираным куэдкIэ щыгугъырти, абы гъунэгъу зэрыхуэхъуным пылъащ. Ар къыхуадакъым Щоджэныкъуэ Алыджыкъуэрэ Къазий и къуэ ХьэтIохъущыкъуэрэ - абыхэм къаукIащ 1641 гъэм.
Муцал
КЪАНКЪЫЛЫШ Сэнджэлей и къуэщ. Каспий и Iуфэм Iут Тэрч къалэм къетIысэкIауэ щыта къэбэрдей жылагъуэхэр IэщIэлъащ. Къэбэрдейм и Iуэхухэм хамэ къызэрыхимыгъэIэбэм щхьэкIэ (е ар щхьэусыгъуэ ящIри) 1640 гъэм ягъэтIысыгъащ. Къамбулэт и бынхэмрэ абыхэм я дзейхэмрэ Балъкъ зауэм (1641 гъэм) щызэ-хакъута нэужь, щхьэхуит хъужри, Къэбэрдейм къигъэзэжащ. 1642 - 1643 гъэхэм Ираным кIуауэ щыта къэбэрдей лIыкIуэхэм пашэ яхуэхъуащ, шах Аббас IущIащ (ар езым и малъхъэт). Кърым тэтэрхэмрэ нэгъуейхэмрэ щезауэм щыгъуэ урысыдзэм хэтащ, 1651 гъэм Сунжэ быдапIэр персхэмрэ шамхалым и дзэмрэ щызыхъумахэм ящыщщ.
Къасболэт
МУЦАЛ и къуэ нэхъыжьщ (Муцал Тэрч Iуфэ Iус Идарейр IэщIэлъащ). Зэадэзэкъуэм 1651гъэм Сунжэ быдапIэр яхъумащ - персхэмрэ шамхалым и дзэмрэ Iэрагъэхьакъым. И адэр лIа нэужь, 1661 гъэм, Тэрч къалэ къетIысэкIауэ щыта бгырыс жылагъуэхэм я тепщэ хъуащ.
Разин Степан и дзэр зэхэзыкъутахэм яхэтащ, ар Кавказ Ищхъэрэм къригъэхьакъым. Астрахъан къалэр Разиным къыIэщIэзыхыжар Къасболэтщ. Тыркухэм я быдапIэ Азов къэзыубыда къэзакъхэмрэ шэрджэсхэмрэ пашэ яхуэхъуащ, Сиваш зэпрыкIри Кърымым ихьащ, абы хъаным и дзэр щызэхикъутащ. Урыс-тырку зауэм щыгъуэ (1676 - 1681 гъэхэм) дзэм пашэ яхуэхъуащ, абы хэтащ Къасболэт и лъэпкъэгъухэри. ЗэфIыжын мурад щащIым, урысхэм яфIэзахуэр тырку дзэпщхэм ягурызыгъэIуар Муцал и къуэ Къасбулэтщ - абы и фIыгъэкIэ Малороссием (Украинэм) и зэхуэдитIыр къыIэрыхьэжауэ щытащ Урысейм.
Жансэхъу
КЪЕТЫКЪУЭ ПщыIэпщокъуэ и шынэхъыщIэщ. Идар Къамбулэт лIа нэужь, пщы нэхъыжь къулыкъум щIэныкъуэкъуащ, Идархэ IупэфIэгъу къищIри. А къулыкъур къылъысыртэкъым ПщыIэпщокъуэ Жансэхъу, ар зылъысар Тепсэрыкъуэ Щолэхъут. ИтIани увыIакъым, и щхьэр хилъхьэху. Урыс пащтыхьыр къызэрыдэщIами къикIа щыIэкъым. Пщы нэхъыжь къулыкъур къызэрыIэрымыхьэнур къыщыгурыIуэм, и пIэ итIысхьэжауэ щытащ.
Жансэхъу и щIэблэр Къазий и къуэ ХьэтIохъущыкъуэ зэтриукIауэ щытащ, абы къыдежьащ «Жансэхъухэ я гъыбзэр».
Къетыкъуэ Аслъэнбэч
КЪЭБЭРДЕЙМ и пщы уэлийуэ щытащ 1737 - 1746 гъэхэм. ЛIакъуэлIэшхэр гупитI зэрыгъэхъуным хэлIыфIыхьащ - бахъсэн гупрэ къэщкъэтау гупрэ. Ахэр зэныкъуэкъу зэпытащ, лIыфIыгъуэ зэримыгъахуэурэ.
Урыс пащтыхь Петр Езанэр Персым зэуакIуэ щыкIуэм щыгъуэ гъусэ хуэхъуащ, ар къэщкъэтау гупым къадэIэпыкъункIэ щыгугъырти. Къетыкъуэ Аслъэнбэч, къэщкъэтау гупым я пашэм, къызэрыдэIэпыкъун къару иIэтэкъым урыс пащтыхьым. Бахъсэн гупыр щытегуплIэм, Къетыкъуэ Аслъэнбэч и лIакъуэлIэшхэр зыщIигъури, Псыжь зэпрыкIащ, кърым хъаным IупэфIэгъу зыхуищIащ.
Кърым хъаным и дзэр, нэгъуейхэм къакъуэгушхукIыурэ, Къэбэрдейм куэдрэ къытеуащ, ауэ бахъсэн гупым къапэлъэщакъым. И жагъуэгъухэм екIужри, Къетыкъуэ Аслъэнбэч 1737 гъэм Къэбэрдейм къигъэзэжащ. Аслъэнбэч и шуудзэм 1739 гъэм Нэгъуей Ордар зэтрикъутащ; урыс-тырку зауэхэм хэтащ. Ираным дзей ящIын мурад зэраIэр къыхуаIуэхуауэ щытащ, езым идакъым армыхъумэ.
1746 гъэм Гум псыхъуэ щылIащ.
«ТенджызитIым я кум дэсын хуейр зыпщщ» - а псалъэр къызэзынэкIауэ адыгэ IуэрыIуатэм къыхэщыр Къетыкъуэ Аслъэнбэчщ.
ХьэтIохъущокъуэ Кургъуокъуэ
ХЬЭТIОХЪУЩОКЪУЭ Кургъуокъуэ Къэбэрдейм и пщы уэлийуэ щытащ - ХХVI лIэщIыгъуэм и кIэм къыщыщIэдзауэ. Минищэм нэблагъэ кърымыдзэр къащытеуам щыгъуэ (1708 гъэм) Кургъуокъуэ Къэбэрдей псор зэщIигъэшэсащ, бзаджагъэ хуекIуэри, бийр бгым ириукIыхьащ - Балъкъ псыхъуэ къыщыщIэдзауэ Бахъсэн псыхъуэ нэс. Кургъуокъуэ кърымыдзэм кIэ щритар Къэнжал дежщ, аращ бийр щызэхакъута зауэм Къэнжал зауэкIи щIеджэр.
Зеикъуэ дыгъафIэкIэ зэджэ джабэм и щыгум Кургъуокъуэ Къалэ-быдапIэ щиухуауэ щытащ, абы и къутахуэхэм ноби ущрохьэлIэ Хьэрэкхъуэрэ ипщэIуэкIэ, а щIыпIэм КъалэжькIэ йоджэ.
Кургъуокъуэ 1709 (е 1710 гъэм и пэщIэдзэм) дунейм ехыжащ. Пщы уэлий хахуэм, дзэпщ Iущым и хъыбархэр щыгъунэжщ адыгэ IуэрыIуатэм.
Кургъуокъуэ Мухьэмэд
ХЬЭТIОХЪУЩОКЪУЭХЭ я лъэпкъым щыщщ, БомэткIи еджэу щытащ. Кърым хъаным и дзэр Къэнжал зауэм 1708 гъэм щызэхэзыкъута Кургъуокъуэ и къуэщ. Къэбэрдейр хамэхэм я IэмыщIэ зэримыхуэным щIэбэн зэпытащ. Бахъсэн пщы гупым пашэ яхуэхъуауэ, Псыжь зэуакIуэ къэкIуа кърым хъаным и дзэмрэ абы къыдэщI тыркухэмрэ зэтриукIащ, абыхэм къэбэрдей шу минрэ щитхурэ яриутIыпщри.
1756 гъэм дунейм ехыжащ, хузэфIэкI псор и лъэпкъым хуилэжьауэ.
ХьэтIохъущокъуэ Къэсей
МЫСОСТ ХьэтIохъущыкъуэ и къуэщ. Къэбэрдеипщхэр гупитI зэрыгъэхъуауэ щызэныкъуэкъум щыгъуэ бжьыпэр зыIыгъахэм ящыщащ, Къетыкъуэ Аслъэнбэч еныкъуэкъу зэпытащ. 1747 гъэм, ХьэтIохъущокъуэхэ, Къетыкъуэхэ, Бэчмырзэхэ зэгухьэри, хэкум ирахуащ, Къэбэрдейм къыщихьэжар 1751 гъэрщ.
Кургъуокъуэ и къуэ Мыхьэмэт (Бомэт) лIа нэужь (1765 гъэм), Къэсей Бахъсэн пщы гупым я пашэ хъуащ. КъэбэрдеищIым къращIыхьа Мэздэгу быдапIэр къутэжын хуейуэ зыукъуэдия пщыхэм ящIыгъуащ. Урыс-тырку зауэм лъэныкъуитIымкIи яхухыхьакъым: абы Къэбэрдейм и фейдэ зэрыхэмылъыр къыгурыIуат, ар зыми IэщIэмылъын хуейуэ къилъытэрти, пащтыхь Екатеринэ ЕтIуанэм дишэха пщыхэм жагъуэгъу яхуэхъуащ, абы щхьэкIэ Къэбэрдейм ирахун мурад къыхуащIащ, ауэ и пIэ яхуикIакъым. Пащтыхь гуащэ Екатеринэ емыувэлIахэр гъусэ ищIри, хэкум и щхьэхуитыныгъэм щIэбэнащ.
1773 гъэм дунейм ехыжащ.
Бэчмырзэ Тэтэрхъан
КЪЭБЭРДЕЙМ и пщы уэлийуэ щытащ (1732 - 1737 гъэхэм). Бэчмырзэ Жамболэт и къуэ нэхъыжьщ. Жамболэтщ Бэчмырзэхэ я лъэпкъым ублапIэ яхуэхъуар. Бэчмырзэхэ Кавказми Урысейми щыцIэрыIуащ, а лъэпкъым къыхэкIащ дзэпщ, шупашэ зыбжанэ, абыхэм ящыщщ Бекович-Черкасский Александри (Долэт-Джэрий).
Бэчмырзэ Тэтэрхъан яхэтащ кърымыдзэр Псыжь щызэтезыукIа къэбэрдей шухэм. Урыс-тырку зауэм и зэманым (1736 гъэм) Бэчмырзэ Тэтэрхъан и жэрдэмкIэ къэбэрдейхэм шу минитI ягъэшэсащ, абыхэм куэдкIэ я фIыгъэщ урысыдзэр тыркухэм зэрытекIуар.
Тэтэрхъан и шынэхъыщIэр (Елмырзэ) генерал хъуауэ урысыдзэм хэтащ. Дзэм къыхэкIыжа нэужь, Елмырзэ Къызлар щыпсэуащ, абы и щIапIэращ дзэпщ цIэрыIуэ Багратион къыщалъхуар (Багратион и анэр Бэчмырзэ Тэтэрхъан и шыпхъущ).
Къасболэт
БЭЧМЫРЗЭХЭ ящыщщ, Къэбэрдейм и щхьэхуитыныгъэм щIэзэу зэпытащ. Иранымрэ Кахетиемрэ запищIэри, ахэр здигъэIэпыкъуащ (Кахетием и пщым и къуэр езы Къасболэт и малъхъэт). Урыс дзэпщхэм Къэбэрдейм къыкIэлъызэрахьэ хьэгъэщагъэмрэ залымыгъэмрэ пэщIэтащ, зыхущIэкъуар абыхэм я лъэр Къэбэрдейм зэрыщимыгъэувынырт - ар къыщехъулIи къэхъуащ, къыгурыIуэрт урыс дзэпщхэм дзыхь ебгъэз зэрымыхъунур. Гур зэрыгъум дыгъур ирожэ: 1822 гъэм гъатхэпэ мазэм и кIэм урыс дзэпщхэр теуащ адыгэпщхэм хасэ щрагъэкIуэкI жылагъуэм. Къасболэт абдежым къыщаукIащ.
Мыхьэмэт Iэшэ
ИУЖЬРЕЙ адыгэ (къэбэрдей) дзэпщхэм ящыщщ, хэкум и хуитыныгъэм щIэзэу лIыхъужьхэм гъуазэрэ шупашэрэ яхуэхъуурэ зэрыпхъуакIуэхэм куэдрэ ебгъэрыкIуащ.
ХьэтIохъущокъуэ Аслъэнбэч и къуэщ, къыщалъхуар 1805 гъэрщ, балигъыпIэ зэриувэ лъандэрэ зауэм къыхэкIакъым, урыс дзэпщхэм я щхьэр къригъэIэтакъым, езыр псэуху. Къэбэрдейр Ермоловым «игъэсабыра» нэужь, Псыжь Iэпхъуащ, ауэ бэнэныгъэр зэпигъэуакъым. Кавказ зауэм и тхыдэм куууэ щыгъуазэ щIэныгъэлI Потто В. зэритхыгъамкIэ, Мыхьэмэт Iэшэ «иджыри къэс (ХIХ лIэщIыгъуэм и кIэми) щыцIэрыIуэщ гъунапкъэм».
ЛIыгъэрэ хахуагъэкIэ Мыхьэмэт Iэшэ пэхъун а зэманым исакъым Къэбэрдейм. Шэткъалэ (Ставрополь) дэс дзэм ебгъэрыкIуауэ зауэм хэкIуэдащ 1846 гъэм.
«Мыхьэмэт Iэшэ щIэныгъэ зиIэ цIыхут, бзэ зыбжанэ ищIэрт. «Iэшэ» цIэр щIытеIукIар зауэм уIэгъэ хьэлъэ зэрыщыхъуарщ - и Iэ сэмэгур къыдэбзыжыртэкъым.
Ди зэманым къэсащ ХьэтIохъущокъуэ Мыхьэмэт Iэшэ и лIыгъэмрэ и бэнэныгъэмрэ къызыхэщыж уэрэд, хъыбар куэд. Абыхэм ящыщщ мыри:
Мыхьэмэт Iэшэ шыбз хэкIуапщIэ зэгуэрым фIадыгъуащ. Нэху игъэщри, шыдыгъум ялъежьащ, зы жылэ нэсауэ, уэрамыщхьэм тет пщащэм IущIащ.
- Пщащэ жьырытэдж, шы бламыхуауэ пIэрэ фи жылэкIэ? - еупщIащ Мыхьэмэт Iэшэ пщащэм.
- Блахуащ, - къыжриIащ пщащэм. - Щауибл мэхъу уи шыр зыхуар.
- Упсэу, пщащэ жьырытэдж, - жиIащ Мыхьэмэт Iэшэ. - Къэзгъэзэжмэ, фи хьэщIэщ сынихьэнщ.
Ар жери, Мыхьэмэт Iэшэ блэкIащ, шыдыгъухэм ялъэщIыхьэри, шыр къатрихыжащ, щауиблым яшхэри къыздихуащ. ЗэрыжиIауэ, пщащэ жьырытэджым я хьэщIэщым ихьащ Мыхьэмэт Iэшэ. ХьэщIэщым щIалитI исти, я псэлъэкIэкIи, я IукIэщIыкIэкIи игу ирихьакъым Мыхьэмэт - шэсри къежьэжащ. Къыщежьэжым, пщащэм жриIащ:
- Уи хьэщIэщ ис щIалэхэм гъуэгурыкIуэр щIэнэкIалъэ иремыщI - абы хущIегъуэжынкIэ мэхъу.
Мыхьэмэт Iэшэ и псалъэр щIалитIым ягу техуакъым. Псалъэ къахуэзыгъэнар яцIыхуртэкъыми, лъежьащ: «Тпхынщи, къэтхьынщ», - жари.
ЩылъэщIыхьэм, щIопщкIэ къахэуэурэ хьэщIэщым кърихулIэжащ щIалитIыр Мыхьэмэт Iэшэ.
- Уэ пхуэдэ пщащэм и хьэщIэщ къихьэну яхуэфащэкъым мы щIалэ мыгъасэхэм, - жриIащ хъыджэбзым.
- Тхьэмадэ, зыкъэдгъэцIыху. ЕмыкIу къэтхьащ, ди напэр текIащ, - къэлъэIуащ щIалитIыр.
- МыбыкIэ сыкъэфцIыхункIэ хъунщ, - жери Мыхьэмэт и Iэр къаригъэлъэгъуащ. Абы къыфIигъэкIакъым».
Дау и къуэ Бахъсэн
БАХЪСЭН псым и Iуфэм дзэпщышхуэ гуэр Iусыгъащ, ДаукIэ еджэу. Дау пщым къуийрэ зыпхъурэ иIэт, и къуэ нэхъыжьым и цIэр Бахъсэнт.
Дау и къуэ Бахъсэн гъут зауэм хэкIуэдащ. Гъут зауэм хэкIуэдащ Бахъсэн и къуэшиблри лIыхъужь пщIеи. Дау и къуэхэр цIыхум ягъеижащ, мыр жаIэурэ: «Хьэдэщ, хьэдэщ Дау и къуийр, хьэдэ мы-гъуэщ Дау и къуийр!»
Дау и пхъум и дэлъхухэм я хьэдэр ЕтIэкъуэ псым и Iуфэм щыщIилъхьэжри, мывэ сын яхуигъэуващ. Абы Дау и къуэхэм я сынкIэ е ЕтIэкъуэ сынкIэ йоджэ.
Гъатхэм цIыхубз щIалэхэм, я щхьэцыр утIыпщауэ, губгъуэм йохьэри, Даухэ я гъыбзэр жаIэ:
Дау и къуэ Бахъсэн есым
Ант шухэр къызыщIегъэплъ.
Алътудым и къуэкIиижьым
Гъутыжьмэ лъыпсыр щагъажэ.
Алътудуэ псыхъуэ жэрыжьми,
Гъутыжь хьэдэхэр зэлърехьэх.
Ант хьэдэу зэлърихьэхари
Хэт мыгъуэм къыхихыжын?
Бахъсэн мыгъуэу дзэр тхузезышэр
Гъутыжьмэ кърагъэпсых,
Махуей мыгъуэм шынэхъыщIиблри
Бахъсэн мыгъуэм депсыхыжащ.
Зэший мыгъуэм я шыпхъу закъуэм
Мы махуэм зарегъэIэжьэ,
Iэжьэгъумэ яхуэмыIыгъыу
Бахъсэн и гъуабжэм закъыфIредзыр.
Гъутыдзэм хъунщIэр щрадзым
ЗауэлIмэ ягъэщIэгъуащ.
Хьэдрыхэ мащэм щIэхъуэпсу
Бахъсэн маисэри щигъабзэщ.
Къуэшылъыр зэрыхуэщIэжу
ИщIэжри ялъихьэжар
Зэшиймэ я шыпхъу закъуэрщ.
Дау и къуэхэм я хъыбарри я гъыбзэри зытхыжар Нэгумэ Шорэщ. Абы къызэриIуэтэжамкIэ, Дау пщышхуэр щыпсэуар IV лIэщIыгъуэрщ.
Дау и къуэхэм я сыныр ЕтIэкъуэ псым и нэпкъым тетащ, ар нобэ щахъумэ Бытырбыху дэт Эрмитажым.
ХьэтIохъущокъуэ Кургъуокъуэ
Къэбэрдеипщыр зекIуэ тохьэ. Сурэтыр Бертуч ищIащ. 1805 гъэ
Пщым и пхъур, уэркъ зауэлI, къэбэрдеипщ. Сурэтыр зыщIар наIуэкъым. 1808 гъэ
Къэбэрдейм щыщ пщы. Сурэтыр 1852 гъэм ящIащ.
Къэбэрдеишхуэм щыщ пщы. Сурэтыр Карнеджефф Е. ищIащ. 1812 гъэ
Джылахъстэнейм щыщ пщы. Сурэтыр Карнеджефф Е. ищIащ. 1812 гъэ
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "717.txt"
} |
ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 75-рэ щрикъум ирихьэлIэу
Адыгей лIыхъужьхэр
Миус деж
Къуэщ Алий 1922 гъэм Блашэпсынэ къэбэрдей къуажэм къыщалъхуащ. 1941 гъэм и бжьыхьэм фронтым Iухьащ, япэ, етIуанэ Украин фронтхэм, япэ Белорус фронтым хэту бийм езэуащ.
Алий зыхэт сапёр батальоным фашистхэм я танк куэд щакъутащ Миус псым и Iуфэм, лIыгъэшхуэ къигъэлъэгъуащ ди дзэр Днестр щызэпрыкIым щыгъуи. 1944 гъэм Къуэщ Алий къыфIащащ Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэр.
Зауэ нэужьым Къуэщыр Мейкъуапэ щыпсэуащ, IэнатIэ зыбжанэм пэрытащ. 1971 гъэм дунейм ехыжащ. Блашэпсынэ щагъэуващ къэбэрдей адыгэ лIыхъужьым и фэеплъ сыныр, а къуажэм дэт курыт еджапIэм абы и цIэр зэрехьэ. Блашэпсынэ и уэрамхэм ящыщ зыми фIащащ Къуэщ Алий и цIэр.
Бжьэдыгъу пашэ
Нэхей Даут Адыгейм хыхьэ бжьэдыгъу Уэчэпший къуажэм 1917 гъэм къыщалъхуащ, педагогикэ еджапIэр къиухри къуажэ школым щылэжьащ. 1939 гъэм дзэ къулыкъум ираджащ.
Хэку зауэшхуэм и пэ махуэм щыщIэдзауэ бжьэдыгъу щIалэр хэтащ, лIыгъэрэ хахуагъэрэ къигъэлъагъуэу. Даут зи пашэ батальоныр Вислэ псым япэ зэпрыкIахэм ящыщщ. Генерал-полковник Колпакчи итхауэ щытащ: «Нэхейр зи пашэ батальоным бийр зэхикъутэри, ди дивизэм гъуэгу къритащ». Даут и батальоным лIыгъэ щызэрихьащ къалэ-быдапIэ Познань дежи. Батальоным и командир Нэхей Даут абы щхьэкIэ къыфIащащ Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэр. АдыгэлI хахуэм къратащ Бэракъ Плъыжь, Невский Александр, Вагъуэ Плъыжь, Хэку зауэ орденхэри.
1946 гъэм дзэм къыхэкIыжри, Нэхей Даут къыщалъхуа къуажэм къигъэзэжащ, егъэджакIуэу, курыт школым и унафэщIу лэжьащ. 1955 гъэм дунейм ехыжащ.
Днепр щызэпрыкIым
Тхьэгъущэ Исмэхьил хы Iуфэм Iус Куэдэщхьэпэ шапсыгъ къуажэм 1921 гъэм къыщалъхуащ. Къуажэ школыр къиуха нэужь, колхозым щылэжьащ. 1940 гъэм дзэ къулыкъум ираджащ.
1942 гъэ лъандэрэ фронтым Iутащ Тхьэгъущэр, ар и лIыгъэрэ хахуагъэкIэ щIэх дыдэ цIэрыIуэ щыхъуауэ щытащ езыр зыхэт полкми, полкыр зыхыхьэ дивизэми.
Тхьэгъущэ Исмэхьил лIыгъэ ин щигъэлъэгъуар ди дзэр Днепр псым щызэпрыкIым щыгъуэщ. Бийм шэр къытрикIутэми, лейтенант Тхьэгъущэм и ротэр Днепр зэпришын хузэфIэкIащ. Псым и ижьырабгъу нэпкъым зыщагъэбыдэри, абыхэм нэмыцэхэм ебгъэрыкIуэ дзэм гъуэгу иратащ. Шапсыгъ хахуэр 1944 гъэм зауэм хэкIуэдащ.
Тхьэгъущэ Исмэхьил «Совет Союзым и ЛIыхъужь» цIэр 1943 гъэм къыфIащащ. Абы и цIэр зэрехьэ къыщалъхуа къуажэм дэт еджапIэм, фэеплъи абы щыхуагъэуващ.
Тетщ бжьэпэм фэеплъ
ФIыцIэ Iэбубэчыр Адыгейм хыхьэ Банэхэс къуажэм 1912 гъэм къыщалъхуащ. Шапсыгъщ. Зауэм кIуа нэужь, Керчь, Таганрог, Мариуполь деж щитIысыкIа десантым хэтащ.
ФIыцIэ Iэбубэчыр Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэр къыщIыфIащар Николаев къалэр хуит къыщащIыжым зэрихьа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэщ: а къалэм и кхъухь тедзапIэр яубыдын папщIэ, десант ирагъэтIысыкIауэ щытащ, зауэлI 67-рэ хъууэ; абы хэтащ адыгэлI хахуэри. Кхъухь тедзапIэр яубыдри, ди сэлэтхэр бийм пэщIэтащ, ди дзэр ялъэIэсыху.
Десантым хэтам щыщу псэууэ къэнар цIыху пщыкIутIщ; ФIыцIэ Iэбубэчыр уIэгъэ щыхъуащ абдежым, ауэ и пщэ къыдалъхьа къалэныр игъэзэщIэн хузэфIэкIащ. Кхъухь тедзапIэр зыубыдауэ щыта зауэлIхэм псоми къыфIащащ Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэр. Николаев къалэм дэж Ингул псым и бжьэпэм нобэ тетщ абыхэм я фэеплъ.
Адыгэ щIалэр 1944 гъэм зауэм хэкIуэдащ. ФIыцIэ Iэбубэчыр и цIэр фIащащ езым и къуажэ Банэхэс дэт курыт еджапIэм.
Банэхэс щыщ щIалэ
ЩхьэкIумыдэ Мэсхьуд Банэхэс къуажэм 1916 гъэм къыщалъхуащ, къуажэ еджапIэр къиуха нэужь, колхозым щылэжьащ. 1941 гъэм и гъэмахуэм фронтым кIуащ, Москва зыхъумахэм яхэтащ, Ржев, Ленинград деж щызэуащ. Псков, Новгород, Ригэ къалэхэр хуит къэзыщIыжахэм ядэзэуащ.
Пcков хуит къыщащIыжым щыгъуэ зэрихьа лIыгъэм папщIэ шапсыгъ щIалэм къратащ «Славэ» орденым и етIуанэ, ещанэ нагъыщэхэр. А орден лъапIэм и япэ нагъыщэр ЩхьэкIумыдэ Мэсхьуд 1945 гъэм къыхуагъэфэщащ.
Зауэ нэужьым ЩхьэкIумыдэр Кърым куейм щыщ Винограднэ жылэм дэсащ, жызумгъэкI бригадэм и унафэщIу щытащ, абы щыгъуэ къратащ Октябрь революцэм и орденри.
ЩхьэкIумыдэ Мэсхьуд 1971 гъэм дунейм ехыжащ.
ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "718.txt"
} |
Гъэм и къызэIухыныгъэу къалъыта Налшык и «Спартак»!
«Спартак-Налшыкым» и футболистхэм адыгэ фащэр йокIупс.
(Премьер-лигэм дыщыхэта гуимыхуж илъэсхэр. 2006 гъэ)
Топджэгум и IэщIагъэлIхэм, абы тетхыхь, тепсэлъыхь журналистхэм, цIыхубэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм къызэралъытамкIэ, 2006 гъэм и къызэIухыныгъэ хъуащ Налшык и «Спартак»-р. Абы и джэгукIэмрэ и ехъулIэныгъэхэмрэ куэд дыдэ итхьэкъуащ икIи Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр лъагэу иIэтащ.
Премьер-лигэм щача япэ лъэбакъуэхэр
2006 гъэм гъатхэпэм (мартым) и 18-м Къэбэрдей-Балъкъэрым и спорт тхыдэм дыщэпскIэ хатхэну Iуэхугъуэ телъыджэ къэхъуащ - япэ дыдэу ди республикэм и командэр премьер-лигэм щыджэгуащ. ЗанщIэу хьэрхуэрэгъу къыхуэхъуари хэт?! УЕФА-м и кубокыр зыIэщIэлъ, къэралым и чемпионыгъэмрэ кубокымрэ зыIэрызыгъэхьа тренер цIэрыIуэ Газзаев Валерэ и гъэсэн ЦСКА-рт. Премьер-лигэм хыхьагъащIэр къыдогъанэри, КъуэкIыпIэ Европэм абы пэщIэувэфын куэд щыIэкъым.
АрщхьэкIэ хьэрхуэрэгъу емынэм Налшык и «Спартак»-р игъэдзыхакъым икIи хуэфэщэну абы пэщIэтащ. Стадионым изу къекIуэлIа цIыху мин 15-м нэблагъэми увыIэгъуэ ямыIэу ар трагъэгушхуэрт. Налшыкдэсхэм текIуэныгъэр къахьыным иIэжар зымащIэ дыдэщ, ауэ абыхэм я гъуащхьауэ Корчагин Эрик зэуа топыр штангэм техуа иужькIэ зыкъэзыгъэза ЦСКА-м, джэгум къыщIагъуа дакъикъэхэр щиухым, судьям и дэIэпыкъуныгъэр къигъэсэбэпри, очкоищыр зыIэригъэхьащ.
КъыкIэлъыкIуэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм къэкIуа къэралым бгъуэнейрэ и чемпион Мэзкуу и «Спартак»-ми ерагъкIэ и щхьэр Iуихыжауэ аращ. Джэгур зэрытемыгъэкIуауэ, 2:2-уэ, иухами, налшыкдэсхэр тIэунейрэ япэ итащ.
ПэщIэдзэ зэIущIэр иуха иужькIэ зэхэта пресс-конференцым къыщыпсалъэу Газзаевыр ди командэм къызэрыщытхъуар икIи мыгувэу абы текIуэныгъэхэр зэриIэнур зэрыжиIар куэдым къызэрыгуэкI псалъэу къащыхъуами, налшыкдэсхэр япэ дыдэу Мэзкуу зэрыкIуэу псори зэригъэплъыжащ - и стадионым щыхэгъэщIа хъуащ «Локомотив»-р. Абы щыгъуэми ди щIалэхэм хэгъэрейхэм худагъэкIа топищри зым нэхърэ адрейр нэхъ дахэжт.
КъежьапIэр
Дауи, апхуэдэ щIэдзэкIэ лъэщкIэ Налшык и «Спартак»-м зыри щыгугъакъым. АрщхьэкIэ апхуэдэу къэхъун папщIэ лэжьыгъэшхуэ зэфIэгъэкIа хъуат. Налшыкдэсхэм псом япэу зэхьэзэхуэм зыхуагъэхьэзырын щIадзат. ИкIи абы щхьэусыгъуэ иIэт: япэ дивизионым щыджэгуа псори премьер-лигэм хэзагъэфынутэкъыми, командэр гъэлъэщыпхъэт.
Зыгъэхьэзырыныгъэ лъэхъэнэм ди «Спартак»-м и тренерхэр цIыху 60-м нэблагъэм кIэлъыплъащ икIи абы и Iыхьэ щанэм иримыкъуращ къагъэнар. Красножан Юрэ зэрыIэзэ дыдэр псоми наIуэ ящищIащ тегъэщIапIэ ищIа псоми къызэрагъэпэжамкIэ.
Зэпеуэм ипэ къихуэу ирагъэкIуэкIа зэныбжьэгъугъэ зэIущIэхэм Налшык и «Спартак»-м хэтахэмрэ щIэуэ къыхыхьахэмрэ щызэгурыIуэ хъуащ, тактикэ и лъэныкъуэкIэ хьэлэмэт куэд зрагъэщIащ. Псом ящхьэрати, гуп зэкъуэт къызэрагъэпэщат, зыр адрейм сыт щыгъуи зыщIигъэкъуэну, дэIэпыкъуну хьэзыру.
Налшык командэ лъэщ къызэрыщыунэхуам, дауи, щыгъуазэр мащIэт. Псоми зытращIыхьыр мылъку якъуэлъымрэ абы хэт футболистхэм я цIэрыIуагъымрэти, щIэупщIэныгъэхэм IэщIагъэлIхэм шэч къыщытрамыхьэххэу зыжьэу щыхуагъэфэщащ ипщэ «Спартак»-р мы гъэм премьер-лигэм хэкIыжынухэм ящыщ зыуэ. АбыкIэ «сэбэп» хъун хуейт зэхьэзэхуэр зэрекIуэкIыну календарым и зэхэгъэувэкIари - налшыкдэсхэр зэкIэлъхьэужьу дэджэгунут нэгъабэрей зэпеуэм ипкъ иткIэ командэхэр зэрызэкIэлъыкIуам тещIыхьауэ, япэ увыпIэм щегъэжьауэ къехыу.
Топджэгу вагъуэхэр Налшык къыщызэщIонэ
Къэралым и командэ нэхъ лъэщ дыдэхэм уахэзэгъэн папщIэ хуэфэщэн мылъку, тренер Iэзэ, футболист лъэщхэм ухуейщ. Абыхэм ящыщу Налшык и «Спартак»-м нэсу зыри иIэтэкъым. Мылъкур доллар мелуани 4-6 хъууэ арат икIи зы футболист лъэрызехьэ къызыщIэкIт. Тренерыр, командэми хуэдэу, япэ дыдэу премьер-лигэм хыхьэу арат. ХэкIыпIэр зыт - мылъкурэ футболисткIэ къанэ щымыIэу къызэгъэпэща хьэрхуэрэгъухэм зэкъуэтыныгъэрэ псэемыблэжыныгъэрэ пэщIэгъэувэнырт.
«Спартак»-м и генеральнэ директор Балэ Владимиррэ тренер нэхъыщхьэ Красножан Юрэрэ зэгурыIуащ къыхуаутIыпщ мылъкур футболист лъапIэхэр къащэхуурэ ямыгъэкIуэдыну. НэхъыфIу къалъытащ куэдым ямыцIыху е ящыгъупщэжа, ауэ зыкъагъэлъэгъуэну, цIэрыIуэ защIыну зи нэ къикI щIалэхэр кърагъэблэгъэну. Абы щыгъуэми апхуэдэхэм фIыуэ уадэлэжьа иужькIэ Iэзагъ ин къагъэлъэгъуэфыну щытын хуейт.
Ар Iуэху тынштэкъым, ауэ укъэзыгъэпэжынт. Мазищым щIигъукIэ щIыпIэ куэдым къыщалъыхъуащ апхуэдэхэр. ИкIи Налшык къешэлIа хъуащ зэгуэрым къызэщIэлыдэу псынщIэу ужьыхыжахэу Евсиков Денис, Корчагин Эрик, Мичков Дмитрий, Ланько Виталий, Гогуа Гогитэ. Ахэр зыхэт командэхэм щIагъуэу щагъэджэгужыртэкъым. Къэбэрдей-Балъкъэрым къэкIуащ зэи зи цIэ зэхэдмыхахэу е тцIыху къудейхэу Джудович Миодраг, Илонгэ Нгасание, Сердюков Сергей, Джефтон Феррейрэ. Абыхэм я зэфIэкIыр нобэкIэ здынэсыр, премьер-лигэм зэрыхэзэгъэнур къэщIэгъуейт. Апхуэдэу щыщыткIэ тегъэщIапIэ нэхъыщхьэр нэхъапэм «Спартак»-м хэтахэу Чихрадзе Александр, Битокъу Тимур, Мостовой Руслан, Скворцов Анатолий, Мэшыкъуэ Аслъэн, Концедалов Роман, Пилипчук Сергей, Порошин Андрей сымэт. Иджыри куэдкIэ сэбэп зэрахуэхъуфынур къалъытэри, зи футбол ныбжьыр хэкIуэтахэу Кращенкэ Сергей, Заруцкий Александр, Къудей Леонид сымэ командэм къыханащ. ЗыкъомкIэ уащыгугъ хъунут Къуныжь Анзор, Балэ Рустам, Ксанаев Марат сымэ, арщхьэкIэ абыхэм зыкъагъэлъэгъуэну зэкIэ Iэмал ягъуэтакъым.
Абы щыгъуэми Налшык топджэгу вагъуэ куэд 2006 гъэм къыщызэщIэнащ. Илъэсым и пэм щIагъуэу ямыцIыхуу щыта Битокъу Тимур, Гогуа Гогитэ, Джудович Миодраг сымэ, нэгъуэщIхэми щIэупщIэшхуэ яIэ хъуащ. Концедалов Роман бэджэнду къыдэзыта «Локомотив»-р ехъуэпсэжри, зришэлIэжащ.
ЕхъулIэныгъэхэмрэ…
Урысей Федерацэм футболымкIэ и командэ нэхъыфI дыдэхэм занщIэу япэщIэхуа ди «Спартак»-р абыхэм къазэрыпикIуэта щыIэкъым. Iэзагъыр щахуримыкъум зэкъуэтыныгъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ, къикIуэт ямыщIэу, пэщIагъэувэурэ я очко бжыгъэм хагъахъуэу хуежьащ. Арати, дунейпсо чемпионатыр зэрекIуэкIынум къыхэкIыу къэралым ейр щызэпагъэуа накъыгъэ (май) мазэм ирихьэлIэу ирагъэкIуэкIа джэгугъуибгъум яужькIэ налшыкдэсхэр пашэхэм къахэхутащ.
Мыгувэу ди «Спартак»-р къехуэхыжыну куэд щыгугъа пэтми, апхуэдэу къэхъуакъым. Уеблэмэ, иужькIэ зэкIэлъхьэужьу джэгугъуихым щытекIуэри (!), Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм Урысей Федерацэм и чемпионатым бжьыпэр и закъуэу щиубыдащ, Мэзкуу и ЦСКА-р, «Локомотив»-р, «Спартак»-р къакIэлъеIэу.
…КIуэцIрыхуныгъэхэмрэ
Накъыгъэм и 6-м щегъэжьауэ бадзэуэгъуэм (июлым) и 23-м пщIондэ къриубыдэу мазитIрэ ныкъуэрэ лъэхъэнэм къапэщIэта псори зэрыхагъэщIам къыкIэлъыкIуар нэхъыбэу къызыхэкIар къыщыдгурыIуар зэхьэзэхуэр иуха иужькIэщ. Командэм хэтхэм я улахуэр зэрагъэгувам и зэран екIащ икIи къыкIэлъыкIуэ мазитIрэ ныкъуэм (бадзэуэгъуэм и 31-м къыщыщIэдзауэ жэпуэгъуэм (октябрым) и 20-м нэсыху) ирагъэкIуэкIа джэгугъуэ 11-м зыми щытекIуэфакъым. А зэманым къриубыдэу Налшык и «Спартак»-м очко 33-м щыщу 29-р фIэкIуэдащ икIи, бжьыпэр IэщIэкIри, курытхэм къыхэхутащ. Абы ирихьэлIащ бжыгъэ нэхъ ин дыдэкIэ премьер-лигэм къызэрыщыхагъэщIари - Санкт-Петербург щыIэу «Зенит»-р 4:0-у къытекIуащ. А зэращ налшыкдэсхэм я гъуэм топитI нэхъыбэ а гъэм къызэрыщыдагъэкIар.
Дэрэжэгъуэр мылъкукIэ къыпхуэпщынукъым
Зэпеуэм и кIэух зэIущIихым ди «Спартак»-р щытекIуащ. Иужь дыдэ джэгугъуэм елъытат абы кIэух турнир таблицэм щиубыдынур. Еханэ хъун папщIэ Владивосток къикIахэр хагъэщIэн хуейт, армырамэ ебгъуанэу зэхьэзэхуэр яухынут. ЗэIущIэр зэрытемыгъэкIуауэ иухащ.
Абы щхьэкIэ къэмынэу, Налшык и «Спартак» стадионым кърихьэлIа цIыху минхэм Iэгуауэ инкIэ ди командэр джэгупIэ губгъуэм ирагъэкIыжащ - зыхащIащ ехъулIэныгъэ ин Къэбэрдей-Балкъэрым къызэрыхуахьар. Псалъэм къыдэкIуэу жытIэнщи, ди республикэми, абы и Президент Къанокъуэ Арсени а илъэсым къриубыдэу щытхъуу хужаIам и нэхъыбэр къыхуэзыхьар республикэм и футбол командэрщ. Ар и щыхьэтт топджэгур зэштегъэу къудейуэ зэрыщымытым.
КъищынэмыщIауэ, сыт хуэдиз дэрэжэгъуэ ягъуэта Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм, къэралым и командэ нэхъыфIхэр, Европэми къыщалъытэ футболист цIэрыIуэхэр джэгуну къыщыкIуэм, ди «Спартак»-р абыхэм яхуэфэщэну япэщIэту (щытекIуи куэдрэ къэхъуу) щалъагъухэм и деж!
1. 18.03. «Спартак» Н - ЦСКА - 0:1
2. 26.03. «Спартак» Н - «Спартак» М - 2:2 (Джудович, Пилипчук)
3. 02.04. «Локомотив» - «Спартак» Н - 2:3 (Пилипчук-2, Корчагин)
4. 09.04. «Спартак» Н - «Рубин» - 3:1 (Илонгэ, Корчагин, Порошин)
5. 16.04. «Москва» - «Спартак» Н - 1:1 (Сердюков)
6. 23.04. «Спартак» Н - «Зенит» - 1:1 (Порошин)
7. 29.04. «Торпедо» - «Спартак» Н - 2:0
8. 06.05. «Спартак» Н - «Динамо» - 1:0 (Сердюков)
9. 13.05. «Шинник» - «Спартак» Н - 0:1 (Ланько)
10. 06.07. «Спартак» Н - «Ростов» - 3:1 (Концедалов, Гогуа, Корчагин)
11. 12.07. «Спартак» Н - «Томь» - 1:0 (Ланько)
12. 16.07. «Сатурн» - «Спартак» Н - 1:4 (Концедалов, Корчагин-2, Сердюков)
13. 23.07. «Спартак» Н - «Амкар» - 2:1 (Ланько, Евсиков)
14. 31.07. «Ростов» - «Спартак» Н - 2:1 (Порошин)
15. 06.08. «Спартак» Н - «Крылья Советов» - 1:1(Гогуа)
16. 13.08. «Луч-Энергия» - «Спартак» Н - 1:0
17. 19.08. ЦСКА - «Спартак» Н - 2:1 (Концедалов)
18. 27.08. «Спартак» М - «Спартак» Н - 1:0
19. 10.09. «Спартак» Н - «Локомотив» - 0:1
20. 17.09. «Рубин» - «Спартак» Н - 0:0
21. 24.09. «Спартак» Н - «Москва» - 2:2 (Пилипчук, Юрич)
22. 01.10. «Зенит» - «Спартак» Н – 4:0
23. 14.10. «Спартак» Н - «Торпедо» - 0:0
24. 20.10. «Динамо» - «Спартак» Н - 1:0
25. 24.10. «Спартак» Н - «Шинник» - 2:1 (Концедалов, Мостовой)
26. 29.10. «Томь» - «Спартак» Н - 1:0
27. 05.11. «Спартак» Н - «Сатурн» - 2:0 (Пилипчук, Порошин)
28. 08.11. «Амкар» - «Спартак» Н - 1:0
29. 18.11. «Крылья Советов» - «Спартак» Н - 1:2 (Гвазавэ, Концедалов)
30. 26.11. «Спартак» Н - «Луч-Энергия» - 0:0
2006 гъэм къэхъуауэ тхыдэм хыхьэну сатырхэр
•Гъатхэпэм и 18-м Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэр япэ дыдэу къэралым и гуп нэхъыфIым хэту джэгун щIидзащ. А махуэм ар Налшык щыIэу Урысей Федерацэм и чемпион цIэр зезыхьэ Мэзкуу и ЦСКА-м 0:1-уэ къихигъэщIащ. Топ закъуэр джэгум къыщIагъуа ещанэ дакъикъэм Березуцкий Василий къыдигъэкIащ.
•Налшык и «Спартак»-м премьер-лигэм и япэ топыр щыдэзыгъэкIар Джудович Миодрагщ. Гъатхэпэм и 26-м зэхэта зэхьэзэхуэм и етIуанэ джэгугъуэм абы Мэзкуу и «Спартак»-м и гъуэр хигъэщIащ.
•Къэралым и футбол командэ нэхъыфIхэм яхэту ди щIалэхэм я япэ очкор гъатхэпэм и 26-м зыIэрагъэхьащ. А махуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм Налшыкрэ Мэзкуурэ я «Спартак»-хэр 2:2-уэ щызэдэджэгуащ.
•Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм премьер-лигэм и япэ текIуэныгъэр мэлыжьыхьым (апрелым) и 2-м Мэзкуу щыIэу «Локомотив»-м къыщыфIихьащ. Джэгур 3:2-уэ иухащ.
•Накъыгъэм и 7-м щегъэжьауэ бадзэуэгъуэм и 23 пщIондэ гуп нэхъыщхьэм щригъэкIуэкIа джэгугъуихри Налшык и «Спартак»-м къихьащ.
•БжыгъэшхуэкIэ япэ текIуэныгъэр налшыкдэсхэм бадзэуэгъуэм и 16-м премьер-лигэм къыщахьащ. А махуэм Раменскэ къалэм 4:1-уэ щыхэгъэщIа хъуащ щIыпIэ «Сатурн»-р.
•Бадзэуэгъуэм и 16-м щегъэжьауэ шыщхьэIум и 6 пщIондэ Налшык и «Спартак»-м турнир таблицэм пашэныгъэр джэгугъуищкIэ щиIыгъащ. КъыкIэлъыкIуэм ар Мэзкуу и ЦСКА-мрэ «Спартак»-мрэ ядигуэшащ.
•Бадзэуэгъуэм и 31-м къыщыщIэдзауэ жэпуэгъуэм и 20-м нэсыху иригъэкIуэкIа джэгугъуэ 11-м ди щIалэхэр щытекIуэфакъым. А лъэхъэнэм къриубыдэу Налшык и «Спартак»-м очко 33-м щыщу 29-р фIэкIуэдащ.
•Премьер-лигэм хэту налшыкдэсхэр бжыгъэ нэхъ ин дыдэкIэ жэпуэгъуэм и 1-м къыхагъэщIащ. А махуэм Санкт-Петербург щыIэу абыхэм «Зенит»-р 4:0-у къатекIуащ. А зэращ налшыкдэсхэм я гъуэм топитI нэхърэ нэхъыбэ а гъэм къыщыдагъэкIар.
•Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм и футболистхэу Пилипчук Сергей, Корчагин Эрик, Концедалов Роман, Юрич Марио, Гвазавэ Леван сымэ дагъэкIа топхэр джэгугъуэм щыдахуахэм я нэхъ дахэ дыдэу къалъытащ.
•Чихрадзе Александр еянэ джэгугъуэм и гъуащхьэтет нэхъыфIу къалъытащ.
•Налшыкдэсхэм яхэта Гогуа Гогитэрэ Ланько Виталийрэ Грузиемрэ (Куржымрэ) Белоруссиемрэ я командэ къыхэхахэм щыджэгуащ.
•Урысей Федерацэм и щIалэгъуалэ командэ къыхэхам ирагъэблэгъащ Концедалов Романрэ Битокъу Тимуррэ. Украинэм ейм хэтащ Пилипчук Сергей.
•Къэралым и ныбжьыщIэ командэ къыхэхам щыджэгуащ Налшык и «Спартак»-м и дублёрхэм яхэта Балэ Руслан.
•2006 гъэм и къызэIухыныгъэу топджэгу IэщIагъэлIхэм къалъытащ Налшык и «Спартак»-р.
•А гъэм япэу премьер-лигэм щыджэгуа футболистхэм ящыщу нэхъыфI дыдэу къалъытащ Гогуа Гогитэ.
Жыласэ Заурбэч.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "719.txt"
} |
Нобэ
Дыгъэгъазэм и 12, бэрэжьей
Урысей Федерацэм и Конституцэм и махуэщ. 1993 гъэм цIыхубэ IэIэткIэ къащтащ УФ-м и Конституцэр.
Тыркумэныр зы къэрали и Iуэху хэмыIэбэным и махуэщ
Къыргъызстаным и лъэпкъ литературэм и махуэщ
Къэзахъстаным и таможеннэ IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм я махуэщ
Швейцарием и къэрал ныпым и махуэщ
1901 гъэм Инджылызым къыщызэрагъэпэщащ къэралым стIолыщхьэ теннисымкIэ и зэгухьэныгъэр. А джэгукIэр къэзыгупсысар инджылыз дзэ къулыкъущIэхэрщ.
1979 гъэм КПСС-м и ЦК-м и Политбюром унафэ къищтащ Совет Союзым и дзэхэр Афганистаным иришэным теухуауэ.
1993 гъэм КъБР-м палатитI хъу и Парламентыр хахащ.
Урыс тхакIуэ, усакIуэ, тхыдэдж Карамзин Николай къызэралъхурэ илъэс 252-рэ ирокъу.
Къыргъызым и цIыхубэ тхакIуэ, Къыргъыз Республикэм и ЛIыхъужь, Ленин саугъэтым и лауреат, СССР-м и Къэрал саугъэтым щэнейрэ и лауреат, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Айтматов Чингиз къызэралъхурэ илъэс 90 ирокъу.
Совет режиссёр, актёр цIэрыIуэу щыта, УФ-м щIыхь зиIэ и артист, Украинэм и цIыхубэ артист Быков Леонид къызэралъхурэ илъэс 90 ирокъу.
Юрист, КъБР-м щыщ къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ ГубэщIыкI Владимир и ныбжьыр илъэс 85-рэ ирокъу.
ТхакIуэ, уэрэдус, артист, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Бахъуэ БетIал къызэралъхурэ илъэс 83-рэ ирокъу.
Медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, АКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик Дыгъужь Къазбэч и ныбжьыр илъэс 81-рэ ирокъу.
Химие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Алэкъей Лерэ къыщалъхуа махуэщ.
Театрымрэ киномрэ я актёр цIэрыIуэ, УФ-м и цIыхубэ артист Соломин Виталий къызэралъхурэ илъэс 77-рэ ирокъу.
Урысей эстрадэм и артисткэ, УФ-м и цIыхубэ артисткэ Новиковэ Кларэ и ныбжьыр илъэс 72-рэ ирокъу.
Актёр, УФ-м щIыхь зиIэ и артист Балъкъыз Валерий и ныбжьыр илъэс 70 ирокъу.
КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шал Любовь къыщалъхуа махуэщ.
БодибилдингымкIэ дунейпсо чемпион, КъБР-м физкультурэмрэ спортымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Лъакъуэдыгъу Рамзес и ныбжьыр илъэс 42-рэ ирокъу.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык къешх-къесу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 3 - 6, жэщым градуси 2 щыхъунущ.
Дыгъэгъазэм и 13, махуэку
1476 гъэм Инджылызым щыяпэу а къэралым тхылъ щытрадзащ. АбыкIэ Инджылызыр Европэм и адрей щIыналъэхэм лIэщIыгъуэ Iыхьэ плIанэм нэблагъэкIэ къакIэрыхуат. Япэ тхылъыр а къэралым къыщыдэзыгъэкIар типограф Кэкстон Уильямщ.
1642 гъэм Голландием щыщ, хым тету щIыпIэ-щIыпIэхэр къызэхэзыкIухь Тасман Абель къихутащ Новая Зеландия щIыналъэр зэрыщыIэр.
1920 гъэм Лъэпкъхэм я Лигэм Гаагэ къыщызэригъэпэщащ дунейпсо хеящIэ IуэхущIапIэ.
1926 гъэм Совет къэралыгъуэм щыяпэу абы цIыхуу исыр бжын щIадзащ.
1949 гъэм Налшык щекIуэкIащ КъАССР-м и цIыхубз ныбжьыщIэхэм я ХI республикэ съезд.
1971 гъэм Москва япэу щагъэлъэгъуащ «Джентльмены удачи» кинокомедиер. Ди къэралым щыпсэухэм нэхъыфI дыдэу ялъагъу фильмхэм ящыщ хъуащ ар.
1989 гъэм Совет Союзым и Либерал-демократие партыр къызэрагъэпэщащ. Абы и унафэщIу хахащ Жириновский Владимир.
1991 гъэм Налшык щекIуэкIащ КъБР-м ис лъэпкъхэм я лIыкIуэхэм я съезд.
1996 гъэм ООН-м и секретарь нэхъыщхьэу хахащ Аннан Кофи.
2000 гъэм Европарламентыр арэзы техъуащ тутын къыщIэзыгъэкIхэм хуагъэув мардэхэр гъэткIииным теухуа законопроектым.
Нэмыцэ усакIуэ, публицист, критик Гейне Генрих къызэралъхурэ илъэс 221-рэ ирокъу.
Урыс усакIуэ, тхакIуэ, драматург, зэдзэкIакIуэ, критик Брюсов Валерий къызэралъхурэ илъэси 145-рэ ирокъу.
Совет тхакIуэ, Ильф Илья и гъусэу къыдигъэкIа тхылъхэм цIэрыIуэ ирихъуа Петров Евгений къызэралъхурэ илъэси 115-рэ ирокъу.
Актёр, СССР-м и цIыхубэ артист Плятт Ростислав къызэралъхурэ илъэси 110-рэ ирокъу.
Актёр, РСФСР-м и цIыхубэ артист Рыбников Николай къызэралъхурэ илъэс 88-рэ ирокъу.
УэрэджыIакIуэ, актрисэ, УФ-м и цIыхубэ артисткэ Сенчинэ Людмилэ къызэралъхурэ илъэс 70 ирокъу.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ, уэс къыщесынущ. Махуэм хуабэр градус 1- 2, жэщым щIыIэр градуси 5 - 4 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Чэзу зимыIэ щыIэкъым.
Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "72.txt"
} |
Нэхъ лъэщхэр ягъэпажэ
КъБР-м щыIэ МВД-м и спорт IуэхущIапIэм щекIуэкIащ «Динамо» спорт зэгухьэныгъэм пашэныгъэр къыщыхьынымкIэ гырэ спорт зэхьэзэхуэ.
Зэпеуэхэм хэтащ къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ щIыналъэ къудамэхэмрэ ведомствэм и IэнатIэхэмрэ я командэ 14, Урысей МВД-м и Краснодар университетым IэщIагъэм щыхагъахъуэ и Кавказ Ищхъэрэ институтым, Урысей ФСБ-м, МЧС-м я щIыналъэ управленэхэм я лIыкIуэхэр, Урысей ФСБ-м и управленэу КъБР-м щыIэм и Гъунапкъэхъумэ IуэхущIапIэм дзэ къулыкъур щезыхьэкIхэр. Я хьэлъагъ елъытауэ ахэр гупиплIу гуэшауэ щытащ: килограмм 70-м, 80-м, 90-м нэсхэр, 90-м щIигъухэр. ЦIыхуиплI зыхэт командэхэм къапэщылът гырэр нэхъыбэрэ къаIэтыну.
МВД-м и КъулыкъущIэхэм ядэлэжьэнымкIэ и управленэм (УРЛС) я IэщIагъэм зыхуэгъэхьэзырынымкIэ и IэнатIэм и унафэщI, къэрал кIуэцI къулыкъум и капитан Къуэныкъуей Азэмэт къызэрыджиIамкIэ, хабзэ зэрыхъуауэ, зэпеуэм хэтщ республикэ МВД-м и IэнатIэхэм, апхуэдэуи хабзэхъумэ IуэхущIапIэхэм я атлет нэхъ лъэщхэр. «Динамо» урысейпсо федеральнэ спорт зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэм и унафэщI Джэданэ Залым къыхигъэщащ зэпеуэм хэтахэр зэхьэзэхуэным сыт и лъэныкъуэкIи зэрыхуэхьэзырыр.
«Динамо»-м пашэныгъэр къэхьынымкIэ и зэпеуэм бжьыпэр щаубыдащ КъБР-м щыIэ МВД-м Наркотикхэм пэщIэтынымкIэ и управленэм и «Гром» ОСН-м и гупыр. ЕтIуанэ увыпIэр къахьащ Урысей ФСБ-м и управленэу КъБР-м щыIэм и Гъунапкъэхъумэ IуэхущIапIэм дзэ къулыкъур щезыхьэкIхэм. Урысей МВД-м и «Бахъсэн» къудамэм и полицейхэр ещанэщ.
КъБР-м щыIэ МВД-м и зэпеуэм щытекIуащ республикэ МВД-м Наркотикхэм пэщIэтынымкIэ и управленэм и «Гром» гуп хэхам и атлетхэр. Урысей МВД-м и «Бахъсэн» къудамэм и полицейхэм етIуанэ увыпIэр къахьащ. Жэз медалхэр ялъысащ Урысей МВД-м и «Прохладнэ» къудамэм и лэжьакIуэхэм.
ТекIуахэм щIыхь тхылъхэр, кубокхэмрэ медалхэмрэ иратащ «Динамо» урысейпсо спорт зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэм и унафэщI Джэданэ Залымрэ КъБР-м щыIэ МВД-м Наркотикхэм пэщIэтынымкIэ и управленэм и «Гром» ОСН-м и унафэщI, полицэм и полковник Къуэшырокъуэ Владиславрэ.
Бахъсэн Азэмэт.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "720.txt"
} |
Террористхэм яIэщIэкIуэдахэр ягу къагъэкIыжащ
Шэджэм районым и щIыналъэ администрацэм и жэрдэмкIэ Шэджэм къалэм щрагъэкIуэкIащ Терроризмэм ебэнынымкIэ зэкъуэтыныгъэм и махуэм теухуа пэкIу. Район администрацэм и унафэщIхэм, жылагъуэ лIыкIуэхэр, Шэджэм къалэм дэт курыт школ №2-м и еджакIуэхэр, республикэм щыIэ МВД-м къикIахэр, Урысейм и МВД-м и IуэхущIапIэу Шэджэм районым щыIэм и унафэщIхэмрэ абы щылажьэхэмрэ зэхуэсат террористхэм яIэщIэкIуэдахэр ягу къагъэкIыжын папщIэ.
УФ-м и МВД-м и IуэхущIапIэу районым щыIэм и унафэщI, полицэм и полковник Щоджэн Тимуррэ а IуэхущIапIэм и Жылагъуэ советым и тхьэмадэ Уэрыш Владимиррэ къызэхуэсахэр къыхураджащ я къулыкъур ягъэзащIэурэ хэкIуэда лэжьакIуэхэм, террористхэм яIэщIэкIуэда къызэрыгуэкI цIыхухэм зы дакъикъэкIэ яхуэщыгъуэну.
ПэкIуэм и кIэухым абы хэтахэм удз гъэгъахэр тралъхьащ Шэджэм районым и хабзэхъумэ органхэм я лэжьакIуэхэу я къалэныр щагъэзащIэм хэкIуэдахэм я мемориалым.
КъБР-м щыIэ МВД-м и пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "721.txt"
} |
Я хуитыныгъэхэр пхагъэкIыу
2019 гъэм фокIадэм и 8-м Къэбэрдей-Балъкъэрым щыхахащ республикэм и Парламентым и еханэ зэхуэсыгъуэм и депутатхэр. Iэ зыIэтахэм яхэтащ ди щIыналъэм Тезырхэр щрагъэхьэкIыу щыIэ IуэхущIапIэхэм щаIыгъхэри.
ЩIэпхъаджагъэхэр ялэжьауэ е ахэр зэрызэхащIыхьамкIэ ягъэкъуаншэхэу 190-м хуэдизым КонституцэмкIэ яIэ хуитыныгъэхэр пхагъэкIащ – а псоми я фIэфIыныгъэр къыщагъэлъэгъуащ щаIыгъ щIыпIэхэм.
Апхуэдэуи Iэ зыIэтахэм яхэтащ суд зытращIыхьахэу хэхыныгъэхэм хэтынымкIэ хуитыныгъэ зиIэхэу уголовнэ-гъэзэщIакIуэ инспекцэм и учётым щытхэмрэ хагъэзыхьу ягъэлажьэхэмрэ.
КъБР-м щыIэ УФСИН-м и пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "722.txt"
} |
Хэхыныгъэр щекIуэкIа махуэм энергетикхэр тэмэму лэжьащ
Хэхыныгъэр щекIуэкIа фокIадэм и 8-м «Кавказ Ищхъэрэ Россети» IуэхущIапIэм и «Къэббалъкъэнерго» къудамэм и IэнатIэ псори зэблэу къыхэмыкIыу лэжьащ. Апхуэдэу энергетикхэм я къалэнхэр тэмэму ирахьэкIащ Республикэм и Къэралыгъуэм и махуэр щагъэлъэпIами.
А лъэхъэнэм электросетым и IуэхущIапIэхэр тэмэму лэжьэн папщIэ район псоми я IэщIагъэлIхэр я IэнатIэм пэрытащ. Зыхуэфащэ Iэмэпсымэхэмрэ техникэмкIэ къызэгъэпэщауэ цIыху 92-рэ зыхэт бригадэу 23-рэ республикэм и щIыпIэ псоми я къалэнхэр щыпэрытащ.
Гузеевэ Индирэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "723.txt"
} |
Дунейм щыхъыбархэр
ЦIыху 90-м нэблагъэ щыхэкIуэдащ
Урысейм щыщу Тыркум я нэгу зыщрагъэужьыну кIуа унагъуэ куэдым я дежкIэ гуауэшхуэу къыщIидзащ я мыгъэрей зыгъэпсэхугъуэр: мы илъэсым абы дунейм щехыжащ цIыху 88-рэ. Ар егъэлеяуэ куэдщ, дуней къэхъукъащIэ къызэрымыкIуэ гуэрым и зэранкIэ щыхэмыкIуэдакIэ. Медицинэ дэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэу 40-м нэблагъэм къагъэзэжащ.
УФ-м и лIыкIуэу Анкара щыIэ Ерхов Алексей зэрыжиIамкIэ, апхуэдэ къэхъукъащIэхэр нэхъыбэ зэрыхъуар епхащ иужьрей зэманым а къэралым кIуэ урысейхэм я бжыгъэм зэрыхэхъуам. Илъэс блэкIам Тыркум зыщагъэпсэхуащ УФ-м щыщ турист мелуанихым нэблагъэм. Мы гъэм а къэралым кIуахэр зыхуэдизым теухуа бжыгъэхэр зэкIэ щыIэкъым, ауэ нэгъабэрейм щIигъуауэ къалъытэ. Ерховым къызэрилъытэмкIэ, ди цIыхухэр щIыхэкIуадэм щхьэусыгъуэ хуэхъур къызэрыкIуэ дыдэ щытыкIэхэрщ. Псалъэм папщIэ, зи ныбжь хэкIуэтахэр а къэралым щыкIуэкIэ къалъытэркъым абы гъэмахуэр егъэлеяуэ зэрыщыхуабэр. Аращи, ар яхуэмыхьу, гу-лъынтхуэ узыфэхэр зиIэхэр къытохуэ, инфаркт, инсульт мэхъу, абыхэм илIыкIхэри къахэкIыу.
«Я гур утIыпщауэ зызыгъэпсэхуну мурад зыщIа туристхэм апхуэдэуи гъуэгу хабзэхэр ямыгъэзащIэми хъуну къалъытэ. Ди цIыхухэр сакъын хуейщ езыхэр рулым щыдэсми, къезышэкIыну кампаниехэр къыщыхахкIи. КъимыдэкIэ, Iуэхутхьэбзэ нэхъ пудыр щымынэхъыфI куэдрэ къохъу. «Псори хохьэ» зыфIаща Iуэхутхьэбзэр къэзыгъэсэбэпхэр абы дехьэхыщэри, я узыншагъэм зэран хуэхъункIэ хъунухэр къалъытэркъым, набдзэгубдзаплъэу щытын зэрыхуейр зыщагъэгъупщэ», - жеIэ Ерховым.
ЦIыху нэхъыбэ зытепсэлъыхьахэм ящыщщ Тыркум иужьрей зэманым сабий зыбжанэ зэрыщыхэкIуэдар. ЗыгъэпсэхупIэхэр зейхэр цIыхухэм я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным зэремыгугъуам къыхэкIауэ къалъытэ а нэщхъеягъуэхэр. А къэхъукъащIэхэр къызыхэкIар къапщытэ Тыркуми Урысейми я хабзэхъумэ IуэхущIапIэхэм.
Апхуэдэу, Урысейм СледствиемкIэ и комитетым и нэIэ щIэтщ Тыркум къыщызэIыхьэу абы щылIа, илъэс 16 хъу хъыджэбзым теухуа Iуэхур. Ар Анталье и сымаджэщым яша щхьэкIэ къахуегъэлакъым. Дохутырхэм зэрыжаIамкIэ, хъыджэбзым и узыр икъукIэ хэтIэсауэщ ар къыщыхуашар. НыбжьыщIэм и адэ-анэм дохутырхэр ягъэкъуаншэ я пхъум и кIуэцIым щыщ Iыхьэхэр къызэрырахамкIэ. Апхуэдэу щIащIар хъыджэбзыр зэрыкIуэдыкIар къащIэн мурадкIэу жаIэ тырку дохутырхэм, загъэзахуэу, ауэ ахэр хуит ямыщIауэ абы еIусэххэн хуэмеяуэ къагъэув урысей лъэныкъуэм. Iуэхур зэхэгъэкIыным хыхьащ Тыркум юстицэмкIэ и министерствэм и лIыкIуэхэри урысей дипломатхэри.
ИкъукIэ гуауэщ нэгузегъэужьакIуэ кIуа цIыхухэр щыхэкIуадэ къызэрыхъур. Апхуэдэ къэмыхъун щхьэкIэ цIыхухэр езыгъэблагъэхэр сыт и лъэныкъуэкIи хуэхьэзыру щытын хуейщ ахэр зыхуей-зыхуэфIхэр ягъуэтыным. Псом хуэмыдэу я шынагъуэншагъэр къызэрагъэпэщыным егугъупхъэщ.
ЩIымахуэр къепэсэуащ
Зи дуней щытыкIэ ткIиймкIэ цIэрыIуэ Норильск къалэр япэ уэсым щIигъэнащ. Абы щыпсэухэм ар, дауи, ягъэщIэгъуакъым – мыбы уэс гъэмахуэкуми къыщыщес щыIэщ. Апхуэдэу щытми, метеорологхэм жаIащ ар мардэм имызагъэу – щIымахуэр къепэсэуащ.
Уэсым гугъуехь мащIэ къыздихьакъым – щIымахуэ дыдэм хуэдэу, лъэс зекIуапIэхэм пхыкIыгъуейщ, гъуэгухэр цIэнтхъуэрыгъуэщи, автомобиль зэжьэхэуэр къэхъуащ. ЩIымахуэм зыхуэзыгъэхьэзырыну хунэмыса автомобилистхэм дзыхь ящIакъым я машинэхэмкIэ гъуэгу техьэну. ЕгъэджэныгъэмкIэ къалэ управленэми щытыкIэм тещIыхьа унафэ къищтащ. Школхэм еджэныр щызэпагъэунущ, адэ-анэхэр а Iуэхум зэреплъым елъытауэ – я сабийр зэкIэ еджапIэм ямыгъэкIуэныр нэхъ къащтэмэ, абы хуитщ ахэр.
Нобэ
♦Урысейм щылажьэ программистым и махуэщ
♦Байкал гуэлым и махуэщ
♦Канадэм щагъэлъапIэ адэшхуэ-анэшхуэхэм я махуэр
♦1736 гъэм Челябинск къалэм и лъабжьэр ягъэтIылъащ.
♦1741 гъэм Урысей империем унафэ къыщыдэкIащ лэжьэгъуэ махуэм и мардэр сыхьэт 15-м щIигъу зэрымыхъунум теухуауэ.
♦1762 гъэм Екатеринэ ЕтIуанэр пащтыхь къулыкъум пэрыуващ.
♦1745 гъэм «Атлас российский» географие къыдэкIыгъуэр япэу дунейм къытехьащ.
♦1812 гъэм Хэку зауэр екIуэкIыу, Москва пэмыжыжьэ Фили къуажэм щызэхуэсащ дзэ унафэщI нэхъыщхьэхэр. Абы унафэ къыщащтауэ щытащ къалащхьэр франджыхэм зауэншэу къыхуагъанэу Кутузов Михаил зи унафэщI урысыдзэхэр икIуэтыным теухуауэ.
♦1929 гъэм инджылыз щIэныгъэлI-бактериолог Флеминг Александр и къэхутэныгъэщIэм – пенициллиным - и сэбэпынагъыр хэIущIыIу ищIащ.
♦1937 гъэм Iузэв-тенджыз ФIыцIэ крайр ягуэшащ Краснодар крайрэ Ростов областу.
♦1942 гъэм Сталинград зауэм щIидзащ.
♦1965 гъэм СССР-м и Министрхэм я Советым унафэ къищтащ узыншагъэм зэран хуэхъуу къалъытэ IэнатIэхэм пэрытхэм шэ пщIэншэу етыным теухуауэ.
♦1999 гъэм террористхэм Москва и Каширскэ шоссе уэрамым тет унэхэм ящыщ зыр къагъэуащ. Абы щIэсахэм ящыщу цIыхуи 124-рэ хэкIуэдащ.
♦1826 гъэм къалъхуащ шапсыгъ политик, дипломат Хъущт Хьэсэн-хьэжы. 1862 гъэм ар Шэрджэсым и лIыкIуэу Инджылызым щыIащ.
♦1919 гъэм къалъхуащ драматург, режиссёр, УФ-м щIыхь зиIэ и артист, КъБР-м и цIыхубэ артист Тубай Мухьэмэд.
♦1923 гъэм къалъхуащ партизанкэ, Совет Союзым и ЛIыхъужь Космодемьянская Зое. ЦIыхубзхэм ящыщу аращ а цIэ лъапIэр япэу зыфIащар.
♦1934 гъэм къалъхуащ шэрджэс тхакIуэ, КъШР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ Шорэ Хьэсин.
♦1937 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ Бицу Георгий.
♦1941 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъМУ-м и профессор Джыназ Борис.
♦1951 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ, усакIуэ, композитор, УФ-м и цIыхубэ артист Розенбаум Александр.
♦1957 гъэм къалъхуащ тележурналисткэ, «НТВ телекомпание» АО-м и генеральнэ унафэщIым и къуэдзэ, хъыбарыщIэхэмкIэ къудамэм и редактор нэхъыщхьэ Митковэ Татьянэ.
♦1960 гъэм къалъхуащ урысей журналист, «Совершенно секретно» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Боровик Артём.
♦1989 гъэм къалъхуащ нэмыцэ футболист, дуней псом и чемпион, Германием и командэ къыхэхамрэ «Бавария» командэмрэ щыджэгу Мюллер Томас.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 22 - 23-рэ, жэщым градуси 9 - 12 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Бгъэплъыщэмэ, мывэри зэгуоуд.
Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "724.txt"
} |
Мазэгъуэ нэхум нуркIэ нэр щIесыкI
«Дахэнагъуэ» гупыр.
Бгырыс макъамэхэр
Даур Аслъэн и творческэ гъуэгуанэм уигу къегъэкI Кавказ Ищхъэрэм профессиональнэ макъамэ щэнхабзэм япэ лъэбакъуэхэр щызычахэр, псалъэм папщIэ, Гасанов Готфрид, Дагиров Наби (Дагъыстэн), Кокойты Тэтэрхъан, Плиев Христофор (Осетие), Балэ Мухьэдин, Къардэн Хьэсэн сымэ. Даурыр композитор, егъэджакIуэ, дирижёр, публицист, IуэрыIуатэдж, жылагъуэ лэжьакIуэ гъуэзэджэу щытащ.
Аслъэн и япэ уэрэдхэр, духовой оркестрым папщIэ маршхэр, Iуащхьэмахуэ теухуа фантазиер, нэгъуэщI лэжьыгъэхэри щыхьэт техъуат музыкант ныбжьыщIэм и зэфIэкIым.
Даурым и насып кърихьэкIат Москва къэрал консерваторэм щеджэху Нейгауз Генрихрэ Ростропович Мстиславрэ я дерсхэм, концертхэм щIэсыну. Ар щIэх-щIэхыурэ хуэзэрт а зэманым консерваторэм щезыгъэджа композитор гъуэзэджэ Щедрин Родион. Нэхъыщхьэращи, урыс композиторхэм я школым щеджэми, къызыхэкIа лъэпкъым и гупсысэу Аслъэн къигъэлъэгъуэну зыхущIэкъумрэ адыгэ щIалэр зыхуэпабгъэмрэ абыхэм къагурыIуэрт икIи трагъэгушхуэрт. ГъэщIэгъуэнщ, консерваторэм щIэсыху Даурым итхауэ хъуар иужькIэ утыкушхуэхэм зэрыщагъэзэщIар. Апхуэдэу къыщыхъур закъуэтIакъуэххэщ. Егъэлеяуэ ягу ирихьауэ щытащ скрипкэмрэ оркестрымрэ щхьэкIэ Аслъэн итха «Шэрджэс рапсодиер». Ар Союзпсо радиом и фонотекэм папщIэ ирагъэтхат.
Даурым и зэфIэкIыр абы и IэдакъэщIэкIхэм дихьэххэм хьэкъ ящищIащ адыгэ, къэрэшей, балъкъэр, осетин, куржы цIыхубэ уэрэдхэр зыхэт «Пять горских песен» циклым. Ар хагъэхьауэ щытащ Москва и къэрал хорым игъэзащIэхэм икIи композитор ныбжьыщIэхэм я союзпсо зэхьэзэхуэм Аслъэн ещанэ увыпIэр къыщыхуагъэфэщат.
Зэпеуэм и къэпщытакIуэ гупым и унафэщIу щыта Свиридов Георгий куэдым ящытхъу хабзэтэкъым, ауэ жиIат Даур Аслъэн и уэрэдхэр зэрыкъабзэр, узэрызыIэпашэр. Ар, дауи, тхэн щIэзыдзагъащIэм дежкIэ гуапэт икIи пщIэшхуэт.
1970 - 1980 гъэхэр Даурым и творчествэм и фIыпIэщ. А зэманым абы итхащ адыгэ макъамэ щэнхабзэм и зы IыхьэфI хъуахэр. Абыхэм ящыщщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и филармонием и симфоние оркестрым и репертуарыр зыгъэбей «Адыгэхэр» япэ симфониер, «Горский концерт для фортепиано с оркестром», «Горские симфонические танцы» зыфIищахэр, виолончелымрэ оркестрымрэ папщIэ концертыр, флейтэм щхьэкIэ сонатэр, нэгъуэщIхэри.
Даур Аслъэн адыгэ лъэпкъым и композитор-уэрэдус нэхъыфIхэм ящыщщ. Абы и «Адыгэ нэмыс», «Саратинэ», «Увези меня при луне», «Когда узнаешь ты» уэрэдхэр хэт зымыщIэр?! Аслъэн и макъамэхэр Москва, Санкт-Петербург, Дон Iус Ростов, Воронеж, Владикавказ, Омск, нэгъуэщI къалэхэми щагъэзащIэ.
ХЬЭХЪУПАЩIЭ Хьэжбэчыр,
УФ-м, Адыгэ Республикэм, КъШР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ. 2000 гъэ.
Шэрджэс Гендель
Уэрэдыпкъыр лъэпкъым лъагъуэ хуэзыщIыф цIыхур сыт хуэдэ зэманми ейщ. Апхуэдэщ Даур Аслъэн. «Бгырыс уэрэдхэр» зыфIища хор циклыр абы щитхам, псоми гурыIуэгъуэ ящищIат зэчиишхуэ зыбгъэдэлъ композитор къызэрыунэхуар.
Аслъэн и уэрэдхэр куэдым фIыуэ ялъагъуащ. Абы и IэдакъэщIэкI псор къызэщIэпкъуэу утепсэлъыхьын жыхуэпIэр пхуэмыгъэзэщIэн къалэнщ. Ауэ итха куэдым зы къахэсхынщ. Мис, нотэр си пащхьэ илъщ, ар «Шэрджэс рапсодие» зыфIищарщ. Мы рапсодиер дахащэу зыгъэзащIэ Пиказейн Виктор (дунейпсо зэхьэзэхуэ куэдым я лауреатщ) и скрипкэ макъыр си тхьэкIумэм иту нотэр къызэIузох…
Ярэби, Инжыджыжь апхуэдизу щхьэ щым хъуа, хьэмэрэ Ахын и толъкъун макъым къыпылъэлъ адыгэ гъыбзэм щыщ гуэр езым «и лъым» зэрыхэтыр фIэкIуэдынкIэ шынэу ара зыщIиущэхуар?! Iэдииху и чэщанэмкIэ пшэ фIыцIэм зыкъыщызэщIещIэри, уафэм щыблэ къыIуролъэлъ, щIылъэм зэрытелъалъэм щышынэрэ, Инжыджыжьи зыкъиIэтурэ псышхуэр щыблэм педзыж… Щиху гъащIэр мащIэщ икIи махэщ. Щыблэ зэуа жыгыр зэфIэщэхащи, щылъщ, ауэ къыбгъурыт щиху пщыкIутIым ирашэжьа гъыбзэм щIыгур егъэтхытх, езы Инжыджыжьи щиху гъыбзэр иришэхыурэ джабэ лъабжьэм нэхъ зрет… Арыххэу лъапэрисэу дыгъэ бзий къыкъуоуж, къуолъэдэж, уафэ джабэм зы пщIыхь шынагъуэу телъа пшэри мэкIуэдыжри, лъэгъупыкъу макъамэм псэр егъэкIыл. Хуэм-хуэмурэ уэри зыкъыбощIэжри, уогупсыс: «Сыту сыцIыху насыпыфIэ!» Урогушхуэ щымыIэр къэзыгъэщIыф, щыIам и Iейми ифIми гъуазджэ телъыджэкIэ ухэзышэф лэжьыгъэ адыгэлIым и щIэину къызэрытхуигъэнам.
Даур Аслъэн «Шэрджэс рапсодием» фIэкIа имытхами, адыгэ макъамэм и курыхыу ар къэнэнут. Аслъэн цIэ лъапIэ куэд къыфIащат, ауэ зыми пэпщI мыхъунур - ар зэрыкомпозиторырт. Абы и чэнджэщхэри узыщIэдэIу хъунт, музыкэм теухуауэ жыпIэнущи, мы дуней псом щекIуэкIым щыгъуазэт. Зэм-зэми, лIыщIыгъуэ куэд дэкIыу ди лъэпкъым и щIэблэм адыгэм и тхыдэр щIиджыкIыжыну пэрыувэмэ, шэч хэмылъу, зэман куэдкIэ къызытеувыIэнухэм ящыщщ Даур Аслъэн теухуа напэкIуэцIхэр.
Аслъэн зэныбжьэгъугъэм пщIэ хуэзыщI, гушыIэмрэ ауанымрэ зыхэзыщIэ, абы зи гур къабзэу пыкъуэкIыф цIыхут. Абы и композитор щIэиныр уасэншэщи, мылъку зиIэхэм захуэзгъазэу жысIэнт: нэхъ IуэхуфI дыдэу ящIахэм ящыщынут я мылъкум и Iыхьэ щIалэгъуалэр псэкIэ бейуэ гъэсэным халъхьэмэ, Даур Аслъэн и творческэ щIэиныр хъумэнымкIэ сэбэп хъуамэ. КъыдэдгъэкIын хуейщ Даурым итхахэр, армырамэ, ахэр кIуэдыжынурэ, дунейм къытенэнур Аслъэн и цIэ закъуэращ. Си фIэщ мэхъу Аслъэн и IэдакъэщIэкIхэм гъащIэщIэ къазэрыхыхьэнур. Абы къыдэкIуэуи, Кавказым къыщымынэу, дуней псор мы композитор щэджащэм и тхыгъэхэм щыдгъэгъуэзэфынущ. Музыкэр - къэхъугъэ телъыджэщ, ар зэбдзэкIыным хуэныкъуэкъым.
… 1975 гъэм щIымахуэ мазэу Москва сыщыIэт Композиторхэм я унэм зыщызгъэпсэхуу, сыщылажьэу. А махуэ дыдэхэм Даур Аслъэни абы щыIэт. Нэхъ тэмэму жыпIэмэ, Подмосковьет дыздэщыIэр. Сэ еханэ дачэм сыщIэст, Аслъэн - еплIанэм. Жэщыбгым си бжэщхьэIум къытеуващ упщIэ вакъэрэ джэдыгурэ зыщыгъ Аслъэн. И псэм ищIа хуэдэт «Уэсыр къос» уэрэдыр зэрызухар. Аслъэн абы езгъэдэIуащ, зэ къытезгъэзэжынуи къызэлъэIуащ. ИтIанэ жеIэ: «ДжэбрэIил, мы уэрэд дахащэр сэ тыгъэ къысхуэпщIу тетхэ, хъуххэнумэ». Аслъэн и лъэIур хуабжьу си гуапэ хъуати, абы ар хуэзгъэзэщIащ. Кавказ композиторхэр Аслъэн «Черкесский Гендель»-кIэ деджэрт...
Ныбжьэгъу! Уи ныбжьым и гуэгъу! Аслъэнрэ сэрэ зы гъэм дыкъалъхуат. Абы шэрджэсу итхырт, сэ - къэбэрдейуэ, ауэ ди бзэр зыт, ди псэри зыт.
ХЬЭIУПЭ ДжэбрэIил,
УФ-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ,композитор.
ГъащIэ пщалъэр къызэрабжыр
Уи гур цIыхуфIым псынщIэу кIэропщIэ. СэркIэ апхуэдэ цIыхуфIт Даур Аслъэн.
А композитор телъыджэм и гугъу япэ дыдэ къысхуэзыщIар усакIуэ цIэрыIуэ Кулиев Къайсынт. Ар езыр щытхъу къудейтэкъым Iэзагъышхуэ зыбгъэдэлъу ибж адыгэ щIалэм - и псалъэхэм тегъэщIапIэ яхуищIырт Даурым теухуауэ композиторышхуэ Свиридов Георгий къыжриIахэр. Дуней псом къыщацIыху Свиридовыр япэ къэсым зэрыщымытхъум шэч хэлъу къыщIэкIынкъым. Даур Аслъэн пасэу къылъысат-тIэ апхуэдэ гуапагъэр. Езыр и щхьэкIэ къэсцIыхуа нэужь, Аслъэн зэи дэслъэгъуакъым мо цIыхушхуэм къыхужиIэ щытхъум ирисондэджэрын мурад иIэу, абы щхьэкIэ зыкъыфIэщIыжу, зигъэпагэу. Ар цIыху Iэсэт. Ауэ бгъэдэлъ зэчийм къигъэгугъэрт, и щхьэм и пщIэр ищIэжырт. Iужэжагъэ, кIэщIэлъадэ-кIэщIэжыж зыдэплъагъухэм ящыщтэкъым - зи жьэм нэхърэ зи псэр, зи щхьэр нэхъыфIу икIи нэхъыбэрэ зыгъэлажьэ адыгэ щIалэ къызэрыгуэкIт. Апхуэдэут сэ ар зэрысцIыхур.
Нэхъ гукъинэж дыдэу Аслъэн япэу сыщыбгъэдэсар «Псей щхъуантIэхэр» санаторэрщ. ЗэрытщIэжщи, хъыджэбз дахэкIейхэр зыхэт, удэзыхьэх макъ жьгърухэр зыгъэIу «Дахэнагъуэ» уэрэджыIакIуэ гуп цIыкIу кьызэригъэпэщауэ щытащ Аслъэн. А артисткэхэм псэи, лыи, къупщхьи яхуэхъур, ахэр зыгъэIущыр, зыущийр езы Аслъэнт. Мис ахэр щIыгъуу санаторэм нэкIуауэ арати, я концертыр зэфIэкIа нэужь, гуп цIыкIур идогъэблагъэ си ныбжьэгъу Хьэжу Анатолэрэ (и щхьэгъусэр щIыгъуу Толи абы щыIэт) сэрэ.
Гухэхъуэу, гукъинэжу дызэбгъэдэсащ а пщыхьэщхьэм. Абыхэм етIуанэ концертым уэрэду щызэхыдагъэхар зыхуэдизым ущIэмыупщIэ.
… Ди Iэуэлъауэ макъыр цIыхухэм зэран яхуэмыхъун папщIэ, артистхэм я макъми я пшынэми зрагъэIэтыщэртэкъым. Iэуэлъауэр къыщIэмыIукIын щхьэкIэ, быдэу къедгулIа бжэр еуэ Iужырт, еуэ Iужырт. Сэ ар зэпымыууэ хуэсщIыжырт. АрщхьэкIэ бжэ «жыIэмыдаIуэм» сыкъигъэгубжьауэ аргуэру быдэу щезгулIыжым, ар хузимыгъэщIыну зыгуэр къызэреныкъуэкъур къызгуроIуэ. СыщIэплъмэ, кIэлындорым деж цIыхур хуэфIу щызэхэтщ. Арати, пэшым щIэхуэр щIэтшащ, мыдрейхэри зэбгрымыкIыжу зэхэтащ. «Дэ дысымаджэщ. Зыдгъэпсэхун хуейщ. Зэран фыкъытхуэмыхъуу, фи концертыр фух», - жызыIэн къахэкIауэ щытакъым Аслъэн зи пашэ «Дахэнагъуэм» и уэрэд дахэкIейхэм дахьэха цIыху къомым. Псалъэ гуапэхэмрэ Iэгуауэмрэ ящхьэщыту къедгъэжьэжыгъащ уэрэджыIакIуэ гупыр.
ИужькIэ, дапщэрэ сыхуэмызами, фэрыщIыгъэ лъэпкъ хэмылъу, Аслъэн жиIэжырт щэху цIыкIуу едгъэкIуэкIыну ди гугъа, арщхьэкIэ нахуэ къэхъуауэ щыта а концертым нэхъ гукъинэж зэи ямытауэ.
Аращ ищIэр хъууэ, игури и псэри Iуэхум хилъхьэу лажьэ цIыхур фIыуэ щIалъагъур. Аслъэн фIыуэ ялъагъухэм ящыщт.
Сэ схузэфIэкIращи, Аслъэн и макъамэбзэ дахэм усэбзэкIэ сыпэджэжауэ щытащи, ар си гукъэкIыж тIэкIум щIызогъу.
Даур Аслъэн и фэеплъу
ЦIыхум и гъащIэ пщалъэр къызэрабжыр
Абы ищIауэ къигъэнар арамэ,
Ар хъунущ
Уахъты зимыIэжхэм хабжэ -
И лъэпкъ псэуху,
Псэунущ и макъамэр.
Псэунущ, а
Макъамэм езым и псэм
Щыщ Iыхьэ хилъхьэу ар дунейм тетащи,
ИкIи ар зэрыпсалъэ макъамэбзэр
Лъэпкъ гущIэм къыщIэIукIыу къигъэщIащи...
ЕЛГЪЭР Кашиф,
Къэбэрдей-Балъкъэрым
и цIыхубэ тхакIуэ.
ГуфIапщIэ тыгъэ псоми яхуэщIыж
Даур Аслъэн и фэеплъу
Налшык бжьыхьэпсу щхьэщосыкIыр жэщыр,
Мазэгъуэ нэхум нуркIэ нэр щIесыкI,
Я бзий лъэкIыхьхэр вагъуэхэм къашэщIу,
Мэз кхъужь гъуэжьычу, уэгум къыхосыкI.
КъызжаIи хуэдэщ ахэм: «Сымаджэщым
Зэману ирикъунщ уэ щепхьэкIар,
КъыщIэкIи щIыбым, еплъ мы гъатхэ
жэщу
Мазэгъуэ нэхум тхъупскIэ игъэпскIам.
Маитхъур, жаIэ, щхьэпэу узыгъуищэм,
Май жыг гъэгъахэм я мэр нэхъ хущхъуэжщ -
Ар зышэм, игукIи и псэкIи зыхищIэу,
И гуащIэми къаруми къыхохъуэж.
Къыхыхьи уэри мы жэщ дахэ псыфэм,
Гупсэхуу къурш хьэуакIэ зыгъэнщIыж,
ЦIыхупсэм дыхьэ уи уэрэд макъыфIэр
ГуфIапщIэ тыгъэ псоми яхуэщIыж».
- Си вагъуэ нэхухэ, си псэм пэсщI мазэгъуэ,
Иремыкъутэ фигу схузэIухар -
Сэ зыми хэмылъыжу си Iэзэгъуэ,
Си гъащIэри уэрэдри сухащ.
ФIэкIа къыхэнэжынукъым жэщ уафэм
Си насып вагъуэ хъуар игъуэнэмыс,
Шэрджэс щIыналъэ ену гум щызгъафIэм
ФIэкIа къыхуэнэжакъым уэрэдус.
Сэ сщIэным сымыщIау и Iыхьэ плIанэр,
Здехьыж ахърэтым гъащIэ сIэщIэкIам,
Мэз лъапэм нэсыжа сэнтхыщхьэ бланэу,
Си гугъэ, сэ къысфIощIыр уаукIа…
БЕМЫРЗЭ Мухьэдин.
Нало Заур йочэнджэщ.
Дэтщ Черкесск Даур Аслъэн и фэеплъ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "726.txt"
} |
Дэрэжэгъуэм къыпещэ!
«Спартак-Налшыкым» и фащэр адыгэ ныпым егъэбжьыфIэ.
(Премьер-лигэм дыщыхэта гуимыхуж илъэсхэр. 2007 гъэ)
Премьер-лигэм щыхэтыну етIуанэ илъэсыр «Спартак-Налшыкым» нэхъ къызэрехьэлъэкIынур гурыIуэгъуэт. Гъэ кIуам зыхуеину очко бжыгъэр къацIыхухукIэ зэригъэпэщри, ар гуп нэхъыщхьэм къыхэнат. Абы къыдэкIуэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ нэхъыщхьэм и джэгукIам куэд дихьэхат икIи ебгъуанэ увыпIэр кIэух турнир таблицэм зэрыщиубыдар зыми игъэщIэгъуатэкъым.
Зэхьэзэхуэр иуха иужькIэщ налшыкдэсхэр гугъуехь нэхъыщхьэхэм щаIууар. Псом япэрауэ, яIа ехъулIэныгъэхэм папщIэ хуагъэува саугъэтхэр яхуемытыж хъуащ (хэт ищIат ди командэм апхуэдиз очко зыIэригъэхьэфыну?!). Дауи, псалъэмакъ къаIэтащ. Апхуэдэуи Iуэхур кIыхьлIыхь щыхъум, ди футболистхэм нэхъыфI къалъыхъуэу щIадзащ. ФIыуэ зыкъызэрагъэлъэгъуам папщIэ абыхэм ящыщ дэтхэнэми щIэупщIэ иIэт. КъищынэмыщIауэ, «Спартак-Налшыкым» контракткIэ адэкIэ зэремыгъэбыдылIам икIи абы щхьэкIэ я уасэр хэпщIыкIыу зэрыпудым ди щIалэхэм къащIэупщIэхэм я бжыгъэм хигъахъуэрт. Шэч хэлътэкъым апхуэдэхэр зыIэрагъэхьэну ди хьэрхуэрэгъухэм ящыщ куэди ерыщу зэрыхущIэкъуам. АбыкIэ IуэхугъуитI зэуэ зэфIагъэкIырт. Япэрауэ, ахэр зыхэта командэм зы соми иратын хуейтэкъым. ЕтIуанэрауэ, я хьэрхуэрэгъухэм ящыщ зыр нэхъ къарууншэ ящIырт.
2007 гъэм екIуэкIыну зэхьэзэхуэм щIидзэн и пэкIэ футболист нэхъыфI 13 «Спартак-Налшыкым» хэкIыжащ. Абыхэм ящыщу 11-р - гъуащхьэтет Чихрадзе, гъуащхьэхъумэхэу Битокъур, Мостовойр, Скворцовыр, Джефтон, гъуащхьэхъумэныкъуэхэу Мичковыр, Гогуа, Концедаловыр, гъуащхьауэхэу Сердюковыр, Порошиныр, Корчагиныр - сыт щыгъуи ди командэм и тегъэщIэнхэт. Гъэмахуэм абыхэм иджыри цIыхуи 8 яхыхьэжащ. Мостовой, Мичков, Сердюков сымэ я гъусэу джэгуну «Томь»-м кIуащ Евсиковыр, «Луч-Энергия»-м Чихрадзе гъусэ щыхуэхъуащ Гвазавэрэ, Ланькорэ. ВладивостоккIэ иунэтIащ илъэс ныкъуэкIэ «Шинник»-м щыIа Скворцовми.
Псом нэхърэ нэхъ гухэщIыр а псоми ди командэм зы сомкIи и фейдэ лъэпкъ зэрыхэмылъарщ. Уеблэмэ, премьер-лигэм къыхэнэнымкIэ и хьэрхуэрэгъу нэхъыщхьэ «Томь»-мрэ «Луч-Энергия»-мрэ «Спартак-Налшыкым» и футболист нэхъыфI плIырыплI яхыхьат. Гъэ кIуам щыIа зэхьэзэхуэм я зэIущIэхэм ящыщу и ныкъуэм нэхъ мыхъуми щыджэгуауэ Налшык къэнар Джудовичрэ Пилипчукрэт.
Дэтхэнэ зы командэм и дежкIи ар удынышхуэщ. Ауэ абыи ириудакъым «Спартак-Налшыкыр». Красножан Юрэ зи пашэ тренер гупым зэман кIэщIым командэщIэ къызэрагъэпэщащ икIи, хэтым и нэхъыбэр зэрызэрызэхуэзэрэ тхьэмахуитI-щы фIэкIа мыхъуами, япэ зэIущIэхэм къагъэлъэгъуащ ар игъэкIуэтыгъуафIэ зэрымыхъунур. Нэхъапэм мащIэ дыдэм фIэкIа ямыцIыхуу щыта Рикардэ, Радич, Амисулашвили, Роденков, Файзулин, Самсонов, Ятченкэ, Шумейкэ сымэ, нэгъуэщIхэри лъэ быдэкIэ утыку ихьащ. Зэхьэзэхуэм щIидзэн и пэкIэ IэщIагъэлIхэм премьер-лигэр «зрагъэбгына» Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм 2006 гъэми хуэдэу очко куэд къимыхьыфми, нэхъыбэм зэхащIащ ар игъэкIуэтыгъуафIэ зэрымыхъунур.
ИкIэм-икIэжым «Спартак-Налшыкыр» къэралым футболымкIэ и гуп нэхъыщхьэм къыхэна къудейкъым, атIэ иджыри зэ наIуэ ищIащ мылъкушхуэ дыдэр зи щIэгъэкъуэн хьэрхуэрэгъухэм зэщIэгъэуIуэныгъэрэ псэемыблэжыныгъэкIэ уазэрыпэщIэтыфынур. КъищынэмыщIауэ, Урысей Федерацэм и щIалэгъуалэ командэ къыхэхам тегъэщIапIэ нэхъыщхьэ 2007 гъэм хуэхъуар Налшык щыджэгухэрщ. Файзулиныр, Самсоновыр, Ятченкэ, Роденковыр, Къэжэрыр сыт щыгъуи абы ирагъэблагъэ хъуащ. Апхуэдэ щIэблэщIэфI ЦСКА-ми, «Спартакми», «Локомотивми», «Динамоми», «Зенитми» яIакъым.
2007 гъэм екIуэкIа зэпеуэм «Спартак-Налшыкым» и унафэщIхэри нэхъ хуэхьэзыру къыщIэкIащ. Абыхэм контракткIэ футболист нэхъыфIхэр зрагъэбыдылIащ икIи ахэр нэгъуэщIхэм яхыхьэн хуей хъумэ, я фейдэ хэлъу фIэкIа дяпэкIэ яутIыпщынутэкъым. АдэкIэ илъэс къэс цIыху тIощIым нэблагъэ налшыкдэсхэм зэрыхэмыкIыжынум шэч хэлътэкъым, апхуэдэхэр зэрымымащIэнур гурыIуэгъуэми.
ХэкIыжахэми я нэхъыбэм къагъэзэжыну зэрыхуеяри ябзыщIыртэкъым. Щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр Налшык щыIэ зэхэтыкIэфIым хуэдэ нэгъуэщI щIыпIэхэм зэрыщримыхьэлIарщ. Хэтыт 2007 гъэм фIыкIэ зи цIэ къриIуэжыр илъэс кIуам уей-уей жезыгъэIэу щытахэу Корчагиным, Концендаловым, Мостовойм, Гогуа, нэгъуэщIхэми?! Ди жагъуэ зэрыхъути, абыхэм яхэтт Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщалъхуахэу, топ джэгуным зыщыхуезыгъэсахэу Битокъу Тимуррэ Чихрадзе Александрри. Ахэри 2007 гъэм премьер-лигэм зэрыщытлъагъужа щыIэкъым.
«Спартак-Налшыкыр» профессионал футбол клубу зэфIэувэ къудейуэ арат. Абы къыхэкIыу шыщIэныгъэхэри и мащIэтэкъым. Апхуэдэу щыт пэтми, ар гъуэгу захуэм теуват. Щыхьэту урикъунт 2007 гъэми ар премьер-лигэм зэрыщрамыгъэкIуэтыфар икIи, гугъуехь куэд пылъами, гуп нэхъыщхьэм къызэрыхэнар.
Псом ящхьэрати, ди щIыпIэм къыщалъхуа, топджэгум зыщезыгъэса щIалэщIэхэр лъэ быдэкIэ утыку къихьэ хъуащ. абыхэм ящыщу япэ дыдэу къыхэжаныкIащ Узденов Роман, Санкт-Петербург щыIэу «Зенит»-м и гъуэр хигъащIэри. Мыгувэу ДзыхьмыщI Марати премьер-лигэм зыкъыщызэкъуихащ. Краснодар къикIа «Кубань»-м худигъэкIа топ закъуэр ирикъуащ ди командэм текIуэныгъэр къихьынымкIэ.
Гъуащхьэхъумэныкъуэ Мэшыкъуэ Аслъэн 2007 гъэм мызэ-мытIэу «Спартак-Налшыкым» и капитану щытащ. Ар дэтхэнэ зы футболистым и дежкIи щIыхьышхуэщ. Кэнжэ щыщ щIалэщIэм и Iэзагъым зэрыхигъахъуэр нэрылъагъут. 2006 гъэм премьер-лигэм щекIуэкIа зэIущIэ 14-м ар хэтамэ (нэхъыбэм зэман кIэщIкIэ), къыкIэлъыкIуэ илъэсым а бжыгъэр хуэдитIым нэблагъэкIэ игъэбэгъуащ икIи 27-м нигъэсащ. Псом ящхьэращи, зыхэт гупым дзыхь къыщыхуащI икIи капитану щытыну къыщыхуагъэфащэ щыIащ.
- Мэшыкъуэр пашэу щытыну къалъхуам хуэдэщ, - жиIат Аслъэн щхьэкIэ «Спартак-Налшыкым» и тренер нэхъыщхьэ Красножан Юрэ. - Абы гупыр къызэщIегъэуIуэф икIи трегъэгушхуэф.
Апхуэдэ псалъэ гуапэхэр уи ныбжьыр илъэс 23-рэ фIэкIа мыхъуауэ къэблэжьыну тынштэкъым.
Зэхьэзэхуэм и етIуанэ Iыхьэм «Спартак-Налшыкым» лъэ быдэкIэ къыхыхьащ Къэжэр Назир. Нарткъалэ и «Нартым», Мэзкуу и «Спортакадемклуб»-м, Марсель и «Олимпик»-м зыщызыгъэса щIалэщIэр псынщIэ дыдэу премьер-лигэм щынэхъыфIхэм ящыщ зы хъуащ. Назир и Iэзагъым, псынщIагъым, IэкIуэлъакIуагъым, къикIуэт зэримыщIэм куэдым гу лъатащ. Мыгувэу къэралым и щIалэгъуалэ командэ къыхэхам ирагъэблагъэри, абыи хъарзынэу щыджэгуащ.
КъыщыхэжаныкIыну Къэжэрым щыхузэфIэкIащ премьер-лигэми, кубокми, командэ къыхэхами. Назир топ зыхудигъэкIахэм ящыщщ Мэзкуу и «Динамо»-м, Томск и «Томь»-м, ЦСКА-м, Къэзахъстаным и щIалэгъуалэ командэ къыхэхам я гъуащхьэтетхэр.
Псом хуэмыдэу абы фIэфIу къыпщыхъурт «иужь псалъэр» зэIущIэм щыжиIэну. Апхуэдэ гурыщхъуэ уигъэщIырт Къэжэрым топ дигъэкIмэ, нэгъуэщI и гъусэхэм ар зэрахузэфIэмыкIыжым. Феплъыт фэри: 2007 гъэм Назир къыщыхэжаныкIа зэIущIэ псоми абы дигъэкIа топыр зыхэтхэм я дежкIэ иужьу къэнащ. Апхуэдэу къэхъуащ 4:1-уэ «Динамо»-р, 4:0-у Къэзахъстаным и командэ къыхэхар щыхагъэщIами, 1:2-уэ ЦСКА-р къащытекIуами, 1:0-у «Томь»-м щефIэкIами.
Къэжэрыращ иужь топыр щыдэзыгъэкIар зыхэта премьер-лигэмрэ кубокымрэ ехьэлIа зэхьэзэхуэхэр «Спартак-Налшыкым» 2007 гъэм щызэхуищIыжми. Джэгум и пэщIэдзэм Назир ЦСКА-м худигъэкIа топым къахуихь текIуэныгъэр ди щIалэхэм яхуэмыхъумэу кубокым щIэбэныныр къагъэувыIэн хуей хъуами, «Томь» и гъуэр зэрыхигъэщIам налшыкдэсхэр гуп нэхъыщхьэм къыхинащ.
«Спартак-Налшыкым» и фащэр ящыгъыу 2007 гъэм премьер-лигэм щыджэгуащ къэрали 8-м щыщ футболист 32-рэ. Дауи, нэхъыбэ дыдэр Урысей Федерацэм и цIыхухэрат. Ди къэралым щыщу Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр зыхъума 23-м яхэтащ адыгэу 5-рэ зы балъкъэррэ. Ахэр гъуащхьэхъумэ ХъуакIуэ Къаплъэн (1 джэгуащ), гъуащхьэхъумэныкъуэхэу Мэшыкъуэ Аслъэн (27), Джэтэрывэ Къазбэч (5), гъуащхьауэхэу ДзыхьмыщI Марат (13) Къэжэр Назир (13), Узденов Роман (14) сымэщ. 2006 гъэм ди командэм хэту джэгуар адыгиплIщ: Битокъу Тимур (24), Къудей Леонид (9), Мэшыкъуэ Аслъэн (14), Балэ Рустам (1).
Аращи, 2006 гъэм елъытауэ «Спартак-Налшыкым» хэта адыгэхэм я бжыгъэми, ахэр псори зэхэту джэгупIэ губгъуэм къызэрихьами хэхъуат. Ар Iуэхугъуэ гуапэт икIи адэкIи ефIэкIуэну дыщыгугъырт.
Балъкъэрхэми ирагъэфIэкIуащ. 2006 гъэм ди командэм хэту зыри мыджэгуамэ, къыкIэлъыкIуэ илъэсым Узденов Роман 14-рэ губгъуэм къихьат икIи зы топ дигъэкIат.
«Спартак-Налшыкым» 2007 гъэм щыджэгуахэм ящыщу тIурытI Куржымрэ (Амисулашвили, Гвазавэ) Украинэмрэ (Пилипчук, Шумейкэ) щыпсэурт. Зырыз къикIат Сербием (Радич), Черногорием (Джудович), Словением (Матич), Бразилием (Рикардэ), Белоруссием (Ланько).
Топджэгум дихьэхыу къытхуеблэгъахэми я гугъу щIыпхъэщ. Абыхэм я нэхъыбэр мамыру, хабзэ яхэлъу къакIуэрти кIуэжырт. АрщхьэкIэ Мэзкуу и «Спартак»-мрэ ЦСКА-мрэ дэщIу Налшык къыщитIысыкIахэм сыт щыгъуи бэлыхь дыхагъэтт. Ахэр зэрыхьэлыншэм икIи щIыкIейуэ зэрызащIым псори щыгъуазэт. Уеблэмэ, Урысейм и закъуэтэкъым мэзкуудэсхэм напэтех щалэжьыр, атIэ Европэми куэд щIауэ IейкIэ зыкъыщрагъэцIыхуат.
А псоми щыгъуазэ Урысейм и Футбол Зэгухьэныгъэм и унафэщIхэм итIанэми мэзкуудэсхэм ди деж лей къащытехьауэ дагъэкъуаншэну хэтащ. КъагурыIуэртэкъым Къэбэрдей-Балъкъэрым игъащIэ лъандэрэ щыпсэухэм я пщIэр зэраIыгъыжыр икIи щIыкIейрэ хьэлыншэу закъыхуэзыщIыу къэкIуахэм хьэщIагъэ зэрыкIэлъызэрамыхьэр. Апхуэдэхэм сыт щыгъуи яхуэфэщэн жэуап ягъуэтырт.
КъищынэмыщIауэ, премьер-лигэм щыджэгуахэм ящыщу «Спартак-Налшыкым» и закъуэщ 2007 гъэм пенальти еуэну Iэмал зрамытар. КъыпщыхъункIи хъунщ метр пщыкIузым и деж щыту гъуэм еуэну ди щIалэхэм къамылэжьауэ. Ауэ Налшык щекIуэкIа зэIущIэхэмрэ телевизоркIэ къагъэлъэгъуахэмрэ тепщIыхьмэ, апхуэдэ Iэмал судьяхэм кърамытауэ арат. Абы щыгъуэми, «Спартак-Налшыкым» и гъуэм щэнейрэ пенальти кърагъэуати, тIур зэрыщхьэусыгъуэншэр наIуэ дыдэт.
Хьэлэмэтрати, премьер-лигэм зэрыхэтым япэ илъэситIым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэр зэи Налшык щыIэу метр 11-м и деж щыту гъуэм еуакъым. Судьяхэр зыкIи къызэрытфIэмылIыкIыр икIи я дэIэпыкъуныгъэ зэи зэрыдимыIэр абы IупщIу къигъэлъагъуэрт. Уеблэмэ, Iуэхур зэрыщытыр нэгъуэщIущ.
Къытхузэгуэп Мэзкуу щыщ журналистхэм я нэхъыбэм дагъэулъиину къытрагъадзэ тхыгъэхэр абы хэбгъэхьэжмэ, залымыгъэкIэ премьер-лигэм дафIыхэту арат. Дауэ щытми, «Спартак-Налшыкым» къыдит дэрэжэгъуэм 2007 гъэм пищащ! Арат нэхъыщхьэр.
2007 гъэм премьер-лигэм
щрагъэкIуэкIа зэIущIэхэр
1. 10.03. «Томь» - «Спартак-Налшык» - 2:0
2. 17.03. «Спартак-Налшык» - «Крылья Советов» - 0:0
3. 01.04. «Кубань» - «Спартак-Налшык» - 2:2 (Рикардэ-2)
4. 08.04. «Спартак-Налшык» - «Рубин» - 1:0 (Шумейкэ)
5. 15.04. ЦСКА - «Спартак-Налшык» - 2:0
6. 22.04. «Спартак-Налшык»- «Локомотив» - 0:0
7. 28.04. «Химки» - «Спартак-Налшык» - 1:0
8. 05.05. «Динамо» - «Спартак-Налшык» - 2:0
9. 12.05. «Спартак-Налшык» - «Москва» - 1:0 (Хубник, езым и гъуэм)
10. 19.05. «Сатурн» - «Спартак-Налшык» - 1:1 (Рикардэ)
11. 26.05. «Спартак-Налшык» - «Ростов» - 0:0
12. 10.06. «Спартак» - «Спартак-Налшык» - 2:2 (Рикардэ-2)
13. 16.06. «Спартак-Налшык» - «Амкар» - 0:1
14. 24.06. «Зенит» - «Спартак-Налшык» - 4:3 (Амисулашвили, Пилипчук, Узденов)
15. 30.06. «Спартак-Налшык» - «Луч-Энергия» - 2:0 (Джудович, Пилипчук)
16. 15.07. «Крылья Советов» - «Спартак-Налшык» - 1:2 (Джудович, Амисулашвили)
17. 22.07. «Спартак-Налшык» - «Кубань» - 1:0 (ДзыхьмыщI)
18. 26.09 (ягъэIэпхъуауэ). «Рубин» - «Спартак-Налшык» - 2:1 (Амисулашвили)
19. 05.08. «Спартак-Налшык» - ЦСКА - 1:1 (Файзулин)
20. 11.08. «Локомотив» - «Спартак-Налшык» - 3:1 (Роденков)
21. 18.08. «Спартак-Налшык» - «Химки» - 1:1 (Рикардэ)
22. 26.08. «Спартак-Налшык» - «Динамо» - 4:1 (Файзулин, Пилипчук, Самсонов, Къэжэр)
23. 31.08. «Торпедо» - «Спартак-Налшык» - 1:0
24. 22.09. «Спартак-Налшык» - «Сатурн» - 1:3 (Шумейкэ)
25. 30.09. «Ростов» - «Спартак-Налшык» - 0:1 (Роденков)
26. 08.10. «Спартак-Налшык» - «Спартак» - 1:2 (Пилипчук)
27. 21.10. «Амкар» - «Спартак-Налшык» - 1:1 (Файзулин)
28. 28.10. «Спартак-Налшык» - «Зенит» - 0:3
29. 03.11. «Луч-Энергия» - «Спартак-Налшык» - 2:1 (Рикардэ)
30. 11.11. «Спартак-Налшык» - «Томь» - 1:0 (Къэжэр)
Къэралым и кубокым
Зэи къэмыхъуауэ, 2007 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэр къэралым и кубокыр къэхьыным теухуауэ екIуэкI зэхьэзэхуэм и финалым и Iыхьэ плIанэм нэсащ. Ар хуабжьу ехъулIэныгъэшхуэт. Абы щыгъуэми къэлъытэн хуейт, «Спартак-Налшыкым» хэту нэхъыбэу джэгуар щIалэгъуалэмрэ командэ нэхъыщхьэм щIыгъуу сыт щыгъуи къихьэну Iэмал зимыIахэмрэ зэрыарар.
Ди щIалэхэр адэкIи кIуэтэфыну къыщIэкIынт. АрщхьэкIэ, бжыгъэр къызэIуаха пэтми, ЦСКА-м Мэзкуу щыIэу пэлъэщакъым.
1/16-нэ Iыхьэм. 27.06. «Шинник» - «Спартак-Налшык» - 1:2 (Шумейкэ, Балъкъэр)
1/8-нэ Iыхьэм. 08.08. «Спартак-Налшык» - «Рубин» - 3:2 (ДзыхьмыщI, Джатэрывэ, ДыщэкI)
1/4-нэ Iыхьэм. 31.10. ЦСКА - «Спартак-Налшык» - 2:1 (Къэжэр)
Ди лъэпкъэгъухэм ящыщу премьер-лигэм япэ топыр щыдэзыгъэкIа ДзыхьмыщI Марат (№19).
ТекIуэныгъэр зэдагъэлъапIэ.
Жыласэ Заурбэч.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "727.txt"
} |
Саугъэт нэхъыщхьэр - Инарыкъуейм
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Инарыкъуей къуажэмрэ Камчаткэм щыIэ Елизовэ къалэмрэ щыщIадзащ футбол джэгупIэ IэрыщI губгъуэхэр ухуэным. Лэжьыгъэхэр зэфIэкIын хуейщ фокIадэ мазэм къриубыдэу.
А жылагъуэхэм щыщ командэхэр щытекIуащ «Уличный красава» и фIэщыгъэцIэу Урысейпсо ЦIыхубэ фронтым и щIалэгъуалэ къудамэм къызэригъэпэща уэрам футболымкIэ къэралпсо зэпеуэм. КIэух зэIущIэхэр щекIуэкIащ Сочэ къалэ и «Фыщт» стадионым. Елизовэ и «Альфа» командэр щытекIуащ зи ныбжьыр илъэс 14 - 15-м итхэм я гупым. Къэбэрдей-Балъкъэрым и «Инарыкъуейр» илъэс 16 - 17 хъухэм я зэхьэзэхуэм пашэ щыхъуащ.
«ЩIалэ цIыкIухэр я къару къызэрихькIэ текIуэныгъэм щIэбэнащ икIи джэгукIэ дахэ къагъэлъэгъуащ. Футбол джэгупIэ губгъуэхэр щаухуэну щIыпIэхэр зэгъусэу къыхэтхащ. Елизовэ къалэми Инарыкъуей къуажэми техникэр щолажьэ. Губгъуэм и лъабжьэр ягъэхьэзыращ. Лэжьыгъэхэр фокIадэ мазэм и кIэм зэфIэкIыну дыщогугъ», - жиIащ Урысейпсо ЦIыхубэ фронтым и щIалэгъуалэ къудамэм и унафэщI Кастюкевич Игорь.
IэрыщI губгъуэхэр къэхухьауэ щытынущ, гъуэхэр ягъэувынущ. Футболым дихьэххэм топ кърахуэкIыну Iэмал яIэнущ гъатхэми, гъэмахуэми, бжьыхьэми, уеблэмэ щIымахуэми.
Япэу «Уличный красава» урысейпсо футбол акцэр щекIуэкIар нэгъабэщ. Абы хэтащ къэрал псом щыщ сабий мин 35-рэ. Зэхьэзэхуэм и саугъэт нэхъыщхьэр иджырей мардэхэм тету къызэгъэпэща футбол джэгупIэ IэрыщI губгъуэрщ.
Мы гъэм «Уличный красава»-р хагъэхьащ УФ-м СпортымкIэ и министерствэм и урысейпсо, дунейпсо планым. Зэхьэзэхуэм хэтыну жэрдэм ящIащ командэ мини 6-м нэблагъэм.
Муниципальнэ зэпеуэхэр фокIадэм и 22-м зэфIэкIынущ. ЩIыналъэ Iыхьэр фокIадэм и 23-м къыщыщIэдзауэ жэпуэгъуэм и 6 пщIондэ екIуэкIынущ. ЩIыналъэхэм зэдай зэпеуэхэр жэпуэгъуэм и 14 - 20-хэм зэхэтынущ. Урысейпсо акцэм и кIэух зэIущIэхэр щэкIуэгъуэм и пэщIэдзэхэм къызэрагъэпэщынущ.
Жыласэ Замир.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "728.txt"
} |
Атэбий Марат и текIуэныгъэ
Ставрополь къалэм дэт «Ставрополь Арена» спорт-зыгъэсапIэ центрым фокIадэм и 7-8-хэм щекIуэкIащ пауэрлифтингымкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ спортсмен 70-м щIигъу.
Килограмми 110-м нэс зи хьэлъагъхэм и хьэрхуэрэгъухэм япэ щищащ, щылъу килограмми 180-рэ къэзыIэта КъБР м щыIэ МВД-м жылагъуэ хабзэр къызэгъэпэщынымкIэ и къудамэм и инспектор нэхъыжь, полицэм и майор Атэбий Марат. «Спортым и мастер» цIэр абы къыхуагъэфэщащ.
Бахъсэн Азэмэт.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "729.txt"
} |
Коррупцэм пэщIэтыным теухуа псалъэмакъ
Коррупцэм пэщIэтынымкIэ дунейпсо махуэм теухуа семинар иджыблагъэ щекIуэкIащ Бахъсэн районым и щIыналъэ администрацэм. Абы кърагъэблэгъат Бахъсэн районым и администрацэм и Iэтащхьэ Балъкъыз Артур, Бахъсэн районым и прокурор Бэшорэ Аслъэн, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым конституцэ, административнэ правэмкIэ и кафедрэм и доцент Исхьэкъ Аслъэн, район администрацэм и IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм я унафэщIхэр, къуажэ администрацэхэм я Iэтащхьэхэр, егъэджэныгъэмкIэ, спортымкIэ, щэнхабзэмкIэ IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэр, щIыпIэ унафэр зегъэкIуэнымкIэ советхэм я депутатхэр.
Семинарыр къыщызэIуихым Бахъсэн районым и администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Iэхъуэбэч Анзор къызэхуэсахэр къыхуриджащ мыхьэнэшхуэ зиIэ мы Iуэхум зэIухауэ, къехьэкI-нехьэкI хэмылъу тепсэлъыхьыну.
Коррупцэм пэщIэтынымкIэ лэжьыгъэхэр зэблэзыгъэкI хабзэ мардэхэр зэрызэтеувам зэпкърыхауэ тепсэлъыхьащ районым и прокурор Бэшорэ Аслъэн. Коррупцэр зищIысыр, абы и лIэужьыгъуэхэр зыхуэдэр, а хабзэншагъэм къэралым и социальнэ, политикэ лъабжьэхэр зэрыщIиудыр, демократие зэхъуэкIыныгъэхэр къызэрилъахъэр IупщIу къигъэлъэгъуащ КъБКъУ-м и егъэджакIуэ Исхьэкъ Аслъэн.
ЗэIущIэм къыщыхагъэщхьэхукIащ коррупцэм пыщIа хабзэншагъэхэр къэмыгъэхъуным хабзэхъумэ органхэри цIыхубэри зэгурыIуэу телэжьэн зэрыхуейр.
Чылар Аринэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "73.txt"
} |
ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 75-рэ щрикъум ирихьэлIэу
МафIэм имыс, псым имытхьэлэ
Совет Союзым и ЛIыхъужь, генерал Кузнецов Георгий и гъащIэмрэ и къекIуэкIыкIамрэ щыгъуазэ хъуа дэтхэнэми игъэщIэгъуапэу жиIэнщ: «Мы цIыхум имыгъэунэхуауэ сыт щыIэ?! МафIэ къыщIэнэри - исакъым. Хым щIэтIысыкIыу хуежьэри - итхьэлакъым. Биишэри зыбжанэрэ къылъэIэсат - къелащ. АтIэ аракъэ «насыпыфIэщ» жыхуаIэжыр...»
Зауэ нэужьым Георгий и Iуэхур дэкIуэтеящ. Дзэ еджапIэ нэхъыщхьэу (академиеу) тIу къиухри, къэралым и дзэ Iэтащхьэхэм ящыщ зы хъуащ - щытхъу зыхужаIэ, пщIэ зыхуащI къулыкъущIэшхуэщ. Дауи, насыпыфIэу щытын хуейщ апхуэдэр!
Езым ар щызэхихкIэ, къущхьэмышх мыхъу зышхым хуэдэу, и нэкIур золъэ, гукъеуэ-гукъэкIыж хьэлъэ гуэрхэм зэщIаубыдэ. Хэт ищIэн иджыпсту абы и нэгум къыщIэувэжхэр?.. Зауэм хэкIуэда и ныбжьэгъуфIра?
МафIэ зыщIэнауэ ехуэх кхъухьлъатэм, езыр дэмыIэпыкъуфу, ирисхьара? Е бомбэхэмкIэ зэтракъута совет къуажэм Iисраф щыхъуа лIыжь-фызыжьхэмрэ сабийхэмрэ и нэгум къыщIэувэжа? Зэманым хузэфIэкIакъым зауэм къиша къулейсызыгъэхэр абы и гум иригъэхужын, теплъэгъуэ шынагъуэхэр и нэгум щIигъэкIуэдыкIыжын.
ИтIани, генералым и нэгум щIэхыу зызэлъыIуехыж. Ар топсэлъыхь Хэку зауэшхуэр ди совет цIыхухэм я дежкIэ гъэунэхуныгъэ ину зэрыщытам, тхыдэм къыщымыхъуауэ цIыху мелуанхэм лIыгъэшхуэ зэрызэрахьам, ди щIалэгъуалэм абы дерс къыхегъэхыным иIэ мыхьэнэм. НэщхъыфIэ къэхъужауэ Георгий топсэлъыхь дуней псом фIэтелъыджэу ди къэралым зауэ нэужьым игъуэта зыужьыныгъэшхуэхэм. Игу къегъэкIыж зауэм и пэ лъэхъэнэр, Налшык къалэ зэрыщыпсэуар. И caбиигъуэмрэ и щIалэгъуэмрэ щигъэкIуа щIыпIэр абы зэи щыгъупщэркъым.
Школыр къыщаухым зэныбжьэгъу щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ хъуэпсапIэ нэху куэд яIэт я гъащIэр зэраухуэнум теухуауэ, насып дахэкIэ я къэкIуэнум псори щыгугъырт... Ауэ а псори фашистхэм къызэпауд... Илъэс пщыкIуийм иту и Хэкур ихъумэжыну Налшык яфIыдэкIат Георгий…
Генералым и нэгур аргуэру зэхоуэ... Асыхьэтым зыхыбощIэ зауэр зыгъэунэхуахэр насыпыфIэ-насыпыншэкIэ зэхэбгъэкIыну зэрымытыншыр, насыпыр гурыфIыгъуэ защIэу зэрызэхэмылъыр, ар цIыхупсэхэр къезыхуэкI, махуэ къэс зыхуэпабгъэ къару лъэщу зэрыщытыр.
Кхъухьлъатэзехуэу ирагъаджэри, Кузнецов Георгий 1943 гъэм и жэпуэгъуэ мазэу зауэм Iухьащ. ЯпэщIыкIэ тенджыз ФIыцIэм, иужькIэ Балтикэ тенджызым я уэгум щызэуащ.
… Мы къэтIуэтэжынур Георгий тенджыз ФIыцIэм щхьэщыту къэхъуащ. Бий кхъухьым бомбэкIэ зыбжанэрэ еуэри, ар мафIэу зэщIигъэнащ, лъагэу зиIэтыжуи хуежьащ. «Иджы хъунщ», - жиIэу зыкъигъэзэну щыхуежьэм, къыхэщтыкIащ: нэмыцэ дамыгъэ зытет зэребгъэрыкIуэ кхъухьлъатэ псынщIэр, уафэхъуэпскIым хуэдэу, я бгъумкIэ къыщыбгъэдохьэ, езым и «бомбэзешэр» нэхъ хуэмщ, нэхъ мыкIуэмытэщ... Зы тэлай дэкIыжмэ, биишэхэр къытелъэлъэнурэ, хым хэхуэнущ. Сыт ищIэнур? ПсынщIэу зригъэхуэхыу щIедзэ. Бий кхъухьлъатэр абы щхьэпролъэт, ищхьэмкIэ къыщоцырхъ жыпIэну. Георгий зиIэтыжу хуожьэ... Нэхъри зигъэлъахъшэу бийм IэщIэкIыфынут, ауэ и щхьэм трилъхьэркъым.
А дакъикъэ кIэщIым Iэджэ игъэващ Георгий, Iэджэ гупсыси и щхьэм щызэблэуащ. «Гъэзэжын хуейщ, псэууэ гъэзэжын хуейщ, мы пщIэр зыми къыпxyигъэдэxэнvкъым… Зыкъегъэл!.. Зыкъeгъэл!.. Зыкъегъэл!..» - а псалъэхэр, зыгуэрым къыжриIэ хуэдэ, и тхьэкIумэхэм къиIуэрт... А псалъэхэр къызэрыIум хуэдэуи, и нэгум къыфIыщIыхьэрт бийр, и дзэхэр къыIуигъэпсауэ, къыщыдыхьэшхыу. Ди уафэми дримыгъэтыжыну, ди щIылъэми дытримыгъэтыжыну къэкIуа бийм зыфIигъэпщкIунуи?.. Хьэуэ! Мес, езыри зыкъигъэзауэ къыхуокIуэ... «А уэ узэрысым хуэдэ сисащэрэт, бетэмал!» - игу къокI Георгий, бийр и щIыбым къыфIыдыхьэу хуежьэу аргуэру зыщригъэхуэхкIэ. Иджы, бийм зэрыпэмылъэщым игъэгубжьауэ, нэхъ лъахъшэж зещI, тенджызым хэхуэным нэсауэ... Зызэтреубыдэж. ХэкIуадэу щытми, бийр зэ и гупэ къищIыну, ауэ щIэмыпхъуэжыну ерыщ йокIуэ. ИкIи, IулъэтыкIыж хуэдэурэ, зеIэт. Уэгу лъащIэм ихьауэ зыкъегъазэри, гу лъетэ фашист кхъухьлъатэзехуэм аргуэру къызэрыхуиунэтIар. Иджы абы ищIэнум щыгъуазэщи, Iэмал хуокIуэ. МащIэу зегъэлъахъшэ, кIэщIу къыдрегъэзеижри, гъунэгъу къэхъуа нэмыцэ кхъухьлъатэм накIуэпакIуэу хуеунэтI. ТIуми ярыт пулемётхэр мэлъалъэ, хьитI зэрауштам хуэдэу, «мэбанэ»... Ди кхъухьлъатэм зигъэлъэхъшэну зи гугъа нэмыцэм нэхъ ищIагъкIэ и шэхэр еутIыпщ...
НапIэдэхьеигъуэ хуэдиз зэманщ а псори къызэрыхъур - зэпежьа кхъухьлъатитIыр, шитI зэпежьам хуэдэу, псынщIащэу гъунэгъу зэхуэхъурт. ЩIакIуэ кIапэ зэдытехьа цIыхуитIым я кIэрахъуэхэр зэдагъэуакIэт. А тIур зэхуихьырт гужьгъэжьым, бампIэм, ажалым, ерыщагъ бзаджэм. ИкIи тIуми я гугъэр гъащIэм хахыж хъунут, ауэ... Иужьрей напIэзыпIэм бий кхъухьлъатэм… лъэныкъуэкIэ триIуэнтIащ. А тэлайм абы, и кIыхьагъ псомкIи кIуэцIрихыу, шэхэр телъэлъащ. Гъунэгъу дыдэ къыщыхъуам Георгий Iуплъат бийм и нэкIум... Шэхум хуэдэу хужь хъуат а нэкIур, нэ щхъуантIэ цIыкIухэри гужьеят, щтэIэщтаблэт... Георгий хуиту бэуэжащ: бий кхъухьлъатэр, Iугъуэм зэщIищтауэ, тенджызымкIэ ехуэхырт...
Ар кхъухьлъатэзехуэ щIалэм япэу къриудыха бий кхъухьлъатэт. ИужькIэ Георгий куэдрэ щыгуфIыкIыжащ абы щыгъуэ кIэбгъу зэрызимыщIыжам. Бийм пикIуэтауэ щытами, и щхьэм хуигъэгъужынутэкъым. ИужькIи зы бжьизкIэ бийм худимычыхыу зэуащ Кузнецовыр.
... Генералым и къулыкъущIапIэр зэи цIыхуншэ хъуркъым: абы зэIущIэхэр щрегъэкIуэкI, Iуэху зиIэхэм щахуозэ, телефон зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ псалъэурэ, унафэ гуэрхэр щещI, дзэхэм я еджэныгъэхэр зэрекIуэкIынухэр щеубзыху. Iэджэ Iуэхум полъэщ, жырым хуэдэу, зауэм ипсыхьа а цIыхур. И ныбжькIэ мыщIалэжми (уIэгъэжьхэми зыкърагъащIэ), ар сыт щыгъуи зэщIэкъуащ, уардэу зиIыгъщ. БлэкIамкIэ зыкъипщытэжурэ, цIыхур къэкIуэнум егупсысын зэрыхуейм и гъуазэщ. «КхъухьлъатэщIэхэр иджырей зэманым къигъэув къалэнхэм пэлъэщыфын хуэдэу дауэ къэгъэсэбэпа хъуну? Зауэ екIуэкIам дызыхуигъэсахэр нобэрей махуэм къыхэхъукIахэм дауэ едгъэщIэфыну? Зауэ къэхъу хъужыкъуэмэ, зыгуэрхэм дахущыщIэу къыщIэмыкIыжыну пIэрэ?» - жиIэу, сыт хуэдэ Iуэхуми гумызагъэу хущыту абы къулыкъу хуещIэ фIыуэ илъагъу и Хэкум. Къэрал унафэщIхэри абы хуэарэзыщ. Хьэуа Къарухэм зегъэужьыным хуищIа хэлъхьэныгъэшхуэм къыпэкIуэу псом япэ абы къыфIащауэ щытащ «СССР-м и кхъухьлъатэзехуэ нэхъ Iэзэ» цIэ лъапIэр.
Пэжщ, иджыпсту кхъухьлъатэхэр езым зэригъэкIуэжыркъым. Апхуэдэ хущIыхьэгъуи узыншагъи абы иIэжкъым, ауэ Георгий фIыуэ щыгъуазэщ дэтхэнэ кхъухьлъатэ лIэужьыгъуэщIэри зыхуэдэм, абы уздынихьэсыфынум, ар IэщэкIэ зэрызэщIэузэдам, а Iэщэхэри зыхуэдэм. Дауи, ар фIы дыдэу щыгъуазэщ езыхэм «зызэрагъэлIыфIу» щыта кхъухьлъатэхэмрэ иджы щыIэхэмрэ шурэ лъэсрэ зэразэхуакум. ИтIани, гуапэу игу къокIыж зауэр щIидзэу куэдыщэ дэмыкIыу къэунэхуауэ щыта ди кхъухьлъатэхэр бийм ейхэм ефIэкIыу зэрыщытар. Ауэ абы къикIыркъым ди зауэлIхэм зауэр тыншу къахьэхуауэ, бийр тIасхъэу щытауэ. ХэщIыныгъэшхуэ ягъуэтущ, Iэджэ бэлыхьи ятелъущ цIыхухэри къэралри а зауэм зэрыщытекIуар…
Зэгуэрым зы кхъухьлъатэ гуп хъууэ бийм и гущIыIу ихьауэ фашист лъэсыдзэр Iисраф зэтращIэрт. ХамэщI къикIауэ ди лъахэр зыутэхэр щысхьырабгъу хуамыIэу зэтраукIэрт. А махуэм танк, машинэ, топ куэди зэтракъутащ. Ди лъэсыдзэми Iэмал иратащ ебгъэрыкIуэну. А Iуэхум здыхэтым, гу лъамытэу бий кхъухьлъатэхэр къызэрыкъуэхащ. Зэхэуэм щIадзащ. ЗэрыдаIуэ IэмэпсымэхэмкIэ зэуэ и ныбжьэгъу гуэрым и макъ къызэхех: «Георгий, уи щIыбагъым «Мессерыр» ныдохьэ».
И кIэм къыпытIысхьам IэщIэкIын мурадкIэ, абы лъэныкъуэкIэ зыщIедз, ауэ кIасэ хъуат. Удын хьэлъэ гуэрым и кхъухьлъатэр хыфIедзэри, ар топышэкIэ къызэракъутар къыгуроIуэ. И нэкIуми лъы хуабэр къызэрежэхыр зыхещIэ, итIани, мыгужьейуэ, лъэныкъуабэ хъуа и кхъухьлъатэм занщIэ зыкърегъэщIыжри, зэхэуэм хыхьэжыну хуожьэ. АрщхьэкIэ дагъэгъэсыныр зэрытыр къызэщIэнауэ къыщIокIри, кхъухьлъатэ кIуэцIым Iугъуэмрэ мафIэмрэ къолыдэ. Сенычылъэ къэлыдам хуэдэщ и кхъухьлъатэр, иджыпсту сахуэщ къыхэнэжынур. Елъэн хуейщ. Бжэм къоIэри, къикIыпIэр зэIуех. МафIэ бзийр къыдолыдейри и парашютми езыми къащIонэ. Къызэрелъэнур мафIэм есыж. Сыт къыхуэнэжыр? ХэкIыпIэ зимыIэ Iэмалыншагъэщ... Хэт ищIэрэ, кхъухьлъатэр хьэуам къыщымыуэ щIыкIэ, и насып кърихьэкIрэ хуэгъэтIысамэ, къелынкIи хъунт. ИгъэтIысынуми, бийхэр щытепщэ щIыпIэщ иджыпсту ар зыхуэзанщIэр. НтIэ сыт и Iэмал? ЩIым гъунэгъу къыхуохъу - бийм иIыгъ щIым. ЗанщIэу яубыдынущ. Тхьэм ар жимыIэкIэ, мы мафIэм хисхьэми нэхъыфIщ, гъэр хъу нэхърэ...
А псэзэпылъхьэпIэ дакъикъэми Георгий гужьеякъым - кхъухьлъатэр къызэрыуэнур, зэрыхэкIуэдэнур ищIэу зыхуэIыгъащ... И нэкIур, и Iэхэр мафIэм илыпщIу хуежьарэ и щыгъынри къызэщIэнауэ, итIани зыхуэIыгъащ. Тегъэхуэпауэ дакъикъэхэмрэ жыжьагъымрэ зэпилъытурэ, абы дыдейхэм гъунэгъу закъыхуищIыжырт. ИкIи плъэмэ илъагъуу ди дзэ тIысыпIэхэм ящхьэщокIуатэ. Абыхэм я деж нэсыным зымащIэ фIэкIа имыIэжу, кхъухьлъатэр егъэтIысыф…
МафIэ къызыщIэна кхъухьлъатэм къижауэ цIыхуитI къазэрыхуэжэр зылъэгъуа ди совет зауэлIхэм зыкъыщащIэжар ахэр къабгъэдэлъэда нэужьщ. Асыхьэтым тхьэкIумэIупсыр иричу зыгуэр къэуащ. ЗэплъэкIмэ, ялъагъу: цIыхуитIыр къызэретIысэхар Iугъуэрэ гъуэзу уэгум дрехуеиж. «ФыкъэнэкIафIэщ, сыту фыкъэнэкIафIэ», жаIэурэ лъэсыдзэм щыщ щIалэхэм кхъухьлъатэзехуэмрэ абы щIыгъуа радистымрэ мафIэм ис я щыгъынхэр къыщатхъ, уIэгъэпхрэ хущхъуэ гуэрхэмрэ зыIыгъ цIыхубз щхьэцыгъуэр къагъэсри, кърагъэIэзэ... «Аращ «зауэ джэгурэ дауэ джэгурэ щыIэкъым» щIыжаIар, - погуфIыкI генералыр. - ДяпщэкIэ къыщыс къэралхэр мэдауэ зауэ нэужьым дунейм къыщыхъуа зэхъуэкIыныгъэхэр ягу иримыхьу, «ЩIырэ псыкIэ фыкъыдэдыгъуащ», - жаIэу. Iэщэри ягъэдалъэ… Дауи, мащIэ дыдэу фIэкIа абыхэм ялъэIэсакъым ЕтIуанэ дунейпсо зауэр. Ар дэ къызэрытлъэIэсам хуэдэу ялъэIэсамэ, си Iуэхут замыущэхутэмэ. АтIэ мы дунейм дэ дыкъызэмылауэ сыт щыIэ?»
ТэлайкIэ щыму щысщ генералыр, итIанэ и псалъэм пещэ: «Емынэм къелар хъумбэлейм ехьыж» жыхуаIэр зэгуэрым къысщыщI пэтащ. Зауэри и кIэм нэблэгъат а лъэхъэнэм… Арати, бий кхъухьхэм датеуауэ, тенджызым сыкъыщраудыхри, псым сыхохуэ. Сыкъыщехуэхым парашюткIэ сыкъелъэ хъунут, ауэ зэIынэри бжэр къысхуIукIатэкъым…Зи щIэр щIэуда кхъухьлъатэр куэдрэ псы щIыIум тетынт? Сэ ар, тезгъэлъэтыкI хуэдэурэ, тенджызым тезгъэтIысхьати, занщIэу щIилъэфакъым. Иджы хуэмурэ щIотIысыкI, сэ къикIыпIэм сыкъозауэ. Псы щIагъ дызэрыхъуу, бжэр мэхъей, ауэ псым къытрикъузэ хъуащи, плъэкIмэ - Iух. Къарууэ сиIэр зэхуэсхьэсри, зэ сыкъекъуащ. Си къупщхьэ зэрытыпIэхэр зэрылъэлъыным нэсауэ аргуэру сыкъекъуащ... Тенджыз абрагъуэм сыщIипIытIэну кабинэр къыстрикъузэу къысщыхъурт... Ещанэм сыкъыпэлъэщащ. СыкъыIэщIэкIащ ныкъуэзэIух сщIа бжэмкIэ... Арат си гугъэр. АрщхьэкIэ кабинэр щызэхуищIыжым си кIэрахъуэр адэкIэ къанэри, ар зыпыщIа фэ тхьэмпэ цIыкIухэр диубыдащи, кхъухьлъатэм сыздрелъэфэх. ЖьыIурыхьэгъуэм гур щIохъуэпсри, сыкъызэгуэудыным сынэсащ. Зы тэлайкIэ псыр къызжьэдэуэнущ. ЗезундэкIыу щIэздзащ. Зэ силъащ япэкIэ... ЕтIуанэу сыщилъым, фэр зэпычащ. Хуит сыхъуауэ сыкъыдосеиж. Сыкъыдосеиж нэху здэщыIэмкIэ, дыгъэмкIэ, хьэуамкIэ... Ауэ гъуни нэзи ямыIэжыххэм хуэдэт псы къатхэм, зэи дуней нэху сымылъагъужыным хуэдэт, си гур зэгуэудыным нэсат, лъыр си щхьэм къыдэуеяуэ, тхьэкIумэхэр вурт…
Сытми сыкъэсыжащ нэху здэщыIэм, хьэуа здэщыIэм... Уэху! Сыту фIы хуиту убауэу мы дунейм утетыну!.. Псы шыугъэр фIыуэ къызжьэдэуауэ тенджыз щхьэфэм сыкъыщысам, къаруи сиIэжтэкъым, псэи схэмытыжым хуэдэт. ЗысщIэжуи къыщIэкIынтэкъым, апхуэдизкIэ сыундэрэщхъуати. Ауэ дыкъыщехуэхым парашюткIэ къелъауэ хьэфэ гъэпщар и кхъуафэжьейуэ псым тета Стрижок - абырэ сэрэ зауэ куэд дыздыIутащ - сыкъригъэлащ».
Кузнецов аргуэру хэгупсысыхьащ. Дауи, тыншкъым а псори псэкIэ щIэрыщIэу бгъэвыжыну? «СокIуэд» щыжыпIэ дакъикъэм укъелыныр зыхуэдэр зымыгъэунэхуам ищIэнукъым. Ар хъунт езыр-езыру укъелтэмэ. ГъащIэм укъыщIэбэнурэ, хьэзабыр птелъурэ мащэм уезылъэфэх къару шынагъуэм уIэщIэкIыныр - ар текIуэныгъэшхуэщ. Ар псэм зезыгъэузэщI, гур хэзыгъахъуэ текIуэныгъэщ. Ар цIыхум щыгъупщэжыркъым... Кузнецов Георгий апхуэдэ гукъэкIыжхэр и куэдщ...
А лъэхъэнэм дзэм къыщыдагъэкIыу щыта газетхэм ящыщ зым, «Балтикэм и кхъухьлъатэзехуэ» газетым, Кузнецов Георгий теухуа тхыгъэхэр къыщыбгъуэтынущ. Абыхэм ящыщ зыр мыпхуэдэу къыщIидзэрт: «...Уэгур зыхъумэ зениткэхэм я мафIэ гуащIэм пхрыкIхэри, ди бомбэзехьэхэр бий кхъухьхэм ящхьэщыхьащ икIи абыхэм ятехуэу бомбэхэр ирадзыхащ. А зэхэуэм къыхэжаныкIащ лейтенант нэхъыжь Кузнецовыр - бомбэкIэ еуэурэ, тонн миниплI зэрыхуэ кхъухьыр щIезыгъэлъэфар».
А газет дыдэм и нэгъуэщI къыдэкIыгъуэм укъыщоджэ: «Гвардием и капитан Кузнецовымрэ гвардием и лейтенант Красовскэмрэ дрырагъэхуеящ бийм и топ зыбжанэ, автомашинэ 50, гу зэщIэщIа 19, зэтраукIащ фашист 250-рэ».
Абы и ужькIи Георгий нэхъ ехъулIэныгъэшхуэ къехь. 1944 гъэм фокIадэм и 21-м абы щIрегъэлъафэ тонн мини 8 зэрыхуэ хьэлъэзешэ кхъухь абрагъуэр.
Зэ еуэгъуэкIэ ар псым хущIэгъэтIысыкIакъым, зыбжанэрэ ебгъэрыкIуащ... Кхъухьым ит уэгухъумэ пулемётхэм шэр къыхудрагъэлъэлъейрт, кърагъэпсыхын мурадкIэ. Ауэ езым Iэзагъышхуэ хэлъу кхъухьлъатэр уэгум «щигъэджэгуурэ», шэхэри зылъимыгъэIэсу, и мурадыр зригъэхъулIащ. И ныбжьэгъухэми, и унафэщIхэми къалъытащ Кузнецовым батэр игъэшауэ. Абы щыгъуэ зэрихьа лIыгъэхэри, нэхъапэхэм хахуэу зэрызэуари гулъытэншэу къэнакъым. 1945 гъэм и гъатхэпэ мазэм Кузнецов Георгий Совет Союзым и ЛIыхъужь ящIри, Дыщэ Вагъуэри и бгъэм къыхалъхьащ. Абы и пэкIи, и ужькIи Георгий дамыгъэ лъапIэ куэд къратащ. Абыхэм яхэтщ Ленин ордену тIу, Бэракъ Плъыжь орденыр, Александр Невскэм и цIэкIэ щыIэр.
ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "730.txt"
} |
Мэрем пшыхь
Къэхъуа
ФIэщщIыгъуейми, нэрылъагъут
Нобэрей щIалэгъуалэм я дуней тетыкIэмкIэ мыарэзыуэ псалъэмакъ зэхуэмыдэхэр ирагъэкIуэкIыу куэдрэ зэхыбох. Апхуэдэу щытми, псори зы къупхъэм щIэбгъэкIыныр тэмэмкъым. ФIыи Iеи здэщымыIэ щыIэкъым. ГъащIэм и хабзэхэм ящыщ зыуэ къыщIэкIынщ, сыт хуэдэ зэманми нэхъыжьхэр щIалэгъуалэмкIэ мыарэзыуэ щытыныр. Сэ къызэрысщыхъумкIэ, ар лъэхъэнэкIэрэ къыддекIуэкI хьэлщ. Гуапэ зэрыхъунщи, диIэщ къэкIуэнум нэхъыфIкIэ дыхуэзыгъаплъэ щIэблэ, нэхъыщхьэжращи, апхуэдэхэр нэхъыбэщ…
Абы и лъэныкъуэкIэ иджыблагъэ сызрихьэлIа Iуэхугъуэм, нэхъ пэжу жыпIэмэ, сызэдэIуэн хуей хъуа псалъэмакъым куэдым сригъэгупсысащ. Зэхэсхыр зэрызгъэщIэгъуэныр къысхуэщIэртэкъым, апхуэдизкIэ ар си гуапэ хъуати. ЗэрыжаIэу, Iуэхум и пэр умыщIэмэ, и кIэри пщIэркъым. Зы пщыхьэщхьэ гуэрым къалэм икIыу къуажэм кIуэ маршруткэм ситIысхьэжащ. Куэд мыщIэу абы нитIысхьа щIалитIым си щIыбагъымкIэ иIэ тIысыпIэхэр яубыдащ. Уэршэрыр кърагъажьэри, я псалъэмакъыр еджэным хыхьащ. ЩIалэ псыгъуэ къамылыфэр КъБКъУ-м и экономикэ къудамэм щIэст, адрейр, къызэрызгурыIуамкIэ, Москва дэт еджапIэхэм ящыщ зым и студентт. Ахэр щызэщIэупщIэм жаIахэмкIэ сэ щыгъуазэ сыхъуащ гъащIэм зэреплъ щIыкIэм. ЖыпIэнурамэ, я гупсысэхэр куут, я мурадхэр дахэт. А къыхаха лъагъуэм адэкIи тетмэ, сэ шэч къытесхьэркъым ахэр лъэ быдэкIэ гъащIэм зэрыхэувэнум.
Сэ сыт апхуэдизу гъэщIэгъуэн сщыхъуар жыпIэмэ, тхылъым теухуауэ зы щIалэм жиIарщ. НэхъыщIэхэм я гугъу тщIынкъыми, балигъхэми мащIэщ тхылъыр зи Iэпэгъуу яхэтыжыр. Псоми зэрытщIэщи, нобэ абы и пIэр иубыдащ Интернетым, сыт хуэдэ хъыбарри къыщыбгъуэтынущ.
- Еджам хуэдэ щыIэкъым. ЩIэныгъэ убгъэдэлъмэ, уигурэ уи щхьэрэ зэтелъу упсэуфынущ. Мыхьэнэшхуэ иIэщ узыпэрыхьэ Iуэхум фIыуэ хэпщIыкIыным, абы щыгъуэщ ехъулIэныгъэ ущиIэнур. Узэгугъур къогугъуж, жаIэ. Узэджар кIуэдынукъым, ар дапщэми зэ къыпщхьэпэжынущ. Сэ мы факультетыр къэзухмэ, юрист щIэныгъи зэзгъэгъуэтыну си мурадщ. Дэнэ-тIэ щIэныгъэ къыздитхынур? Ар нэхъыбэу къыдэзытынур мис мы тхылъхэрщ, аращ укъэзмыгъэпцIэнури, - жиIэрт щIалэ къамылыфэм, иIыгъ тхылъым теIэбэурэ.
- Сыт щхьэкIэ? Иджыпсту псори зэхэхауэ къыщыбогъуэт Интернетым, - къыпидзыжащ абы и гъусэм.
- Интернети сиIэщ, ари къызогъэсэбэп, ауэ абы псынщIэу утозашэ. Сэ пщыхьэщхьэм тхылъыр къызэгуэзмыхмэ, зыгуэр къэсщIэну блэзгъэкIа хуэдэу къысщохъу.
- Электрон тхылъхэр-щэ?
- Ари згъэунэхуащ. Тхылъым хуэдэ хъунукъым ахэр. Уи нэр теубыдауэ экраным узэреплъым псынщIэ дыдэу урегъэшри, узэджэри тэмэму уигу пхуиубыдэркъым, гупсысэ кIапэри щIэх-щIэхыурэ пIэщIоху. Тхылъыр - ар нэгъуэщIщ, абы и напэкIуэцIхэм куууэ ухашэ къыщыIуэта Iуэхугъуэхэм. Псом хуэмыдэу адыгэ тхылъхэм сыщеджэкIэ, дунеищIэ гуэр къысхузэIуахыу къысщохъу, лъэпкъым и тхыдэм, и хабзэм теухуахэм лъэхъэнэ жыжьэм сыхрагъэшэжыф…
Сэ сащыщщ нобэ къежьа электрон жыпхъэр и лъабжьэу хъыбарыщIэ куэд къыщыпщIэфыну Iэмалхэм япэ тхылъыр изыгъэщхэм. СфIэфIщ пщыхьэщхьэкIэрэ тхылъ седжэну, щхьэусыгъуэ гуэрхэмкIэ ар къэзмыщтэу зэман гуэр дэсхамэ, абы сыхуэныкъуэу сохъу. Арауэ къыщIэкIынщ псалъэмакъыр гукъинэ щIысщыхъуари. Иджы… хэт тхылъ еджэжыр щыжаIэкIэ, апхуэдэхэр зэрыщыIэр, уеблэмэ ди щIалэгъуалэм зэрахэтыр, дяпэкIэ сэ шэч къытезмыхьэу схужыIэнущ.
ЩхьэщэмыщI Изэ.
ГушыIэхэр
Сэлам щхьэкIэ сыбампIэрэ сэ
«Волгам» ису блэж лIыщхьэм сэлам ирихащ Чэрим.
- Укъилъэгъуакъым а сэлам зэпхам, - жиIащ Дизыкъуажэ, и псэлъэгъум зыхуигъазэри. - МашинэкIэ блэжым сэлам щIепхыр сытт?!
- Уэлэхьи, абы и сэлам щхьэкIэ сымыбампIэ, ауэ пщэдей си щхьэ Iуэху гуэркIэ сыхуейти аращ.
Iуэм иубыдэ
Беижь гуэрым и лIыщIэхэм я мэкъуэуэкIэм еплъыну шы-уанэ зэтрилъхьэу здэщытым, Дизыкъуажэ бгъэдыхьащ. Шым гъудэ пIащэ зытхух къыкIэрыхъыжьати, зэмыуэкIыу зы дакъикъэ щигъэтыртэкъым. Абы Дизыкъуажэ гу щылъитэм:
- Уэлэхьи, зиусхьэн, - жиIащ абы, - а иджыпсту щыщIэдзауэ къыпкIэрыхъыжьахэм тыншыгъуэ къуамытын.
АтIэ сыт Iэмалыр, мы бзаджэнаджэхэм щIопщымкIэ соуэри - техуэркъым, Iузохури - напIэзыпIэм къосыж.
- ЩымыхъужыххэкIэ Iуэм иубыдэ-тIэ, - жиIэри къыIукIыжащ Дизыкъуажэ.
Абы жиIар и фIэщ хъуауэ, беижьым гъудэхэр зыкъомрэ кърихуэкIри, итIанэ шыр Iуэм иришащ. Шым и гъусэу гъудэхэр Iуэм щилъатэм: «Иджы фэ фхуэфI сэ сыхъунщ», - жиIэурэ шыр къришыжри, Iуэбжэр кърипхыжащ.
Щхьэ укъызэупщIрэ-тIэ?
Мэз къикIыжрэ пэт, Хъуэжэ зылI кърихьэлIащ.
- Дэнэ ущыIа, Хъуэжэ? - къеупщIащ лIыр.
- Мэшых сыщыIащ, хукхъуэ къызошэ, - жиIащ Хъуэжэ.
- АтIэ уи гум илъыр пхъэи: мэз ущыIа хъунщ, - жиIащ лIым.
- Си гум илъри мэз сызэрыщыIари щыпщIэкIэ - емынэм узэрихуэрэ, щхьэ укъызэупщIрэ-тIэ? - жиIащ Хъуэжэ.
Махуэ Iэлисахь.
Фэ фщIэрэ?
КъэкIыгъэцIэхэр
Хуэрэджей - абрикос обыкновенный.
Хужьбаринэ - клевер ползучий.
Хуэшэ - хмелеграб обыкновенный.
Хьэ - ячмень обыкновенный.
Хьэаму - бутень.
Хьэбанэ - бодяк.
Хьэбжьын - лук беловатый.
Хьэбзэгу - листовник.
Хьэбыкъуэ - просвирник прибрежный.
Хьэгъэжь - волчник скученный.
Хьэгъубанэху - осот.
ХьэжмэракIуэ - шелковица белая.
Хьэжышей - кровохлебка.
ХьэжьыкIэ - шалфей.
Хьэмгурзей - бирючина обыкновенная.
Хьэиуей - айва.
ХьэкIэзэпх - щетинник зеленый.
ХьэкIэзэрыхъэ - липучка.
Хьэкъырш - сурепка обыкновенная.
ХьэкъыршнэпцI - рапс.
ХьэмкIутIей - боярышник.
Тхыгъэ кIэщIхэр
ЦIыхубз акъыл
АкъылыфIэу ялъытэ цIыхубз гуэрым мыр жиIащ:
- И лIыр зытемыукIытэн акъыл нэхърэ нэхъыбэ цIыхубзыр хуейкъым.
- Ар сыт щхьэкIэ? - жаIэу щеупщIым:
- Абы фIэкIмэ - щхьэпрехыщэри, езым и напэри зытрехыж, илIри егъэукIытэ.
ЦIыхум хуэдэ щыIэкъым
ЦIыхум нэгъуэщI цIыхум фIыгъуэрэ угъурлыгъэу хуищIэм хуэдиз хуэзыщIэфын нэгъуэщI псэущхьэ дуней псом теткъым. КIэщIу жыпIэмэ, цIыхур цIыхущIыжщ. Ауэ гуауэрэ гуIэгъуэу цIыхум адрей цIыхум ирищIэфым хуэдиз езыщIэфи щыIэкъым.
Адыгэ къэфэкIэхэр
Дэтхэнэ къэфэкIэми ар зей цIыхубэм я хьэл-щэныр, я щытыкIэр къегъэлъагъуэ икIи абы и тхыдэм и къекIуэкIыкIам быдэу пыщIащ.
Пщащэми щауэми я Iэпкълъэпкъыр зэрызэкIужыр, зэрылантIэр, Iэчлъэчу зэрыщытхэр, езыхэр зэрыIэдэбыр, зэрынэмысыфIэр къыщыфэкIэ наIуэу гъэлъэгъуа мэхъу.
«Ислъэмей» е урысхэм «кабардинка» жыхуаIэ къэфэкIэр зи къафэр къарууфIэхэмрэ IэкIуэлъакIуэхэмрэщ. ЩIалэгъуэмрэ гукъыдэжымрэ, зи псэ къэбырыбхэмрэ мафIэу къызэщIэплъахэмрэ я гур зыгъэтIыс къэфэкIэщ ар.
Уджыр зейр псэрщ. ФIыуэ плъэгъуам абы гъунэгъурэ псэлъэгъурэ ухуещI. Уи гум илъ псори хуикIут. ФIыуэ укъилъагъумэ, зы псалъэ щIылъэм тримыгъахуэу псори и гущIэм щигъэтIылъынщ.
Теунэ Хьэчим.
Гупсысэр - псалъэкIэ
Насып гъуэгу
Щэхуу, бзыщIауэ зэрыщытынми уемылIэлIэжу, уи гурылъхэмрэ уи нитIым я хъуаскIэхэмрэ къызэбутIыпщрей хъуащ. Си ныбжьым укъыздытридзэу, си макъым уриджэрпэджэжу си гъащIэм укъыхэбэкъуэну ухэтщ. ЩIэчэ имыIэуи жыIэщIэ, дэубзэ укъысхуэхъуну узэрыщIэхъуэпсри убзыщIыну уигу къэбгъэкIыххэркъым. СыткIи уи деж къыщызлэжьа езэш уимыIэу къысхуэбгъаблэ уэздыгъэм къыпих нур гуакIуэр, щысхьрабгъу лъэпкъ хэмылъу къысхуупхъ псалъэ хэщыпыхьахэр?.. ПщIэрэ, уигурэ уилрэ къысщIэузу къысщагъэхъу къудейщ абыхэм, къэуат гуэри ящIэлъу зыхэсщIэркъым. Ауэ гурыIуэгъуэкъым гущIэгъу сыхущыщIэу къыщIэплъытэр, насыпым и курыхыр си Iэрылъхьэу сызэрыпсэум уи нэр щIыхуэбуфIыцIыр. Пэжщ, зэманым и IэмыщIэ икIуэдэнкIи мэхъу, елъэхъшэхыу дэужьыхыпэнкIи зыхуэIуа щыIэкъым а насыпыр, ауэ иджыкIэ гущIэгъу гуэри сигъэлъыхъуэркъым. Уеблэмэ зыхущыщIэ гуэрым срихуэупсарэт, срихуэщхьэпарэт жысIэну Iэмал къызэзыт хъуэпсапIэ пычахуэхэри къыщыздэхуэ, къыщызэлыж къохъу.
МыгурыIуэгъуэр уи псэр нэхъуеиншэу си лъэмбым къыщIипкIэ зэпытырщ. Лейуэ укъызэрысхуэсакъым щIыIагъ гуэр си гум кърагъэнтIэIуу къысфIагъэщI, щхьэхуимытуи сегъэпIейтей. Бгъащхъуэм щахъумэ джэджьей быну си псэм укъыхуосакъ, ущытехьэулеикI къыхэмыкIыу. Сытым щхьэкIэ? Езэш хэмыту зыгуэр къыщолъыхъуэ си деж. Ауэ сыту пIэрэ а «зыгуэрыр»? Си насып кIапэри? Ар дауэ? ПыпщIэнуи ууейм? ПщIэрэ, а тIур гуэгъу зэхуэхъункIэ Iэмал зимыIэщ, зэпэжыжьэу къигъэщIащ ахэр, зэпэжыжьащэу. IэрыхьакIэщ ар нэгъуэщIым, екIупсрэ хуэфIыпсуи къигъуэтыжащ и насып гуэгъур - гъащIитIыр зэпищIэрэ гугъэм хиш лъагъуэр ишэщIу.
Жэмбэч Рабия.
Нэщэнэхэр
Шхыныр шыугъэ яIэщIэщIэмэ…
Шыгъур щIэупсапсэмэ, дунейр къопсэпсауэ жаIэрт.
Шхыныр шыугъэ яIэщIэщIэмэ е шыгъу иракIутмэ, унэм къаугъэ къихъуэну къалъытэрт.
Щхьэц налъэ тхъуа къыхэпчыну фIыкъым.
Щхьэцышхуэр насып пэлъэныкъуэщ жаIэрт.
Iэгур шхэмэ, ахъшэ къыхэхъуэнущ жаIэрти, фIэрафIэм и натIэм щахуэрт.
Си хъуреягъкIэ
ПсэлъэкIэ зэхэфыщIа
- А уи щакIуэхьэ ахъырзэман уиIар дэнэ кIуэжа? - еупщIат журтым.
- СимыIэж, - жиIащ абы. - Хъунутэкъым ар хьэ... «Уирэ!» - жысIэмэ, си дежкIэ мэкъажэти, еуэри иукIыжащ!
Нэхъапэрат ар. Иджы адыгэбзэкIэ псалъэ журт щыIэжкъым. Ауэ а псэлъэкIэ зэхэфыщIари «мэкъажэ» псалъэм хуэдэхэри (мынэхъ Iеймэ!) ноби зэхэпхынущ. Ахэр хъума щыхъуащ зи щхьэ куцIыр хамэбзэм зэрипхъуа ди езы адыгэ языныкъуэхэм деж.
ХьэтIым зи цIэ Славик
Бразилием я кинофильм еплъщ, иран шхыIэныр зытрихщ, хьэрып гъуэлъыпIэ къитэджыкIщ, польшэ лъэгурыдзым къытеувэщ, тырку хъыдан вакъэ щабэр зылъыпиIущ, грек сабынкIэ фIыуэ зитхьэщIщ, иордан напэIэлъэщIкIэ зилъэщIыжщ, чех джанэ щитIагъэщ, швед кIэстум трилъхьэжщ, нэмыцэ пщэдэлъ зыдилъхьэщ, италие туфлъэ лъитIагъэщ, украин кхъуэнэкулъ фIыуэ ишхщ, мороккэ апельсин дигъакIуэщ, грузие лимон хэлъу Индием я шейр трифыхьыжщ, Америкэм къыщащэхуа гъуджэшхуэм иплъэурэ, и щхьэр ижьщ Англием къыхураха мажьэ цIыкIумкIэ, француз дыху зытриутхэжщ аби, урыс дзапэ уэрэд къришу пщэдджыжьым унэм щIэкIащ ХьэтIым зи цIэ, СлавиккIэ зэджэ... адыгэлIыр!
Хьэгъапхъэ
Ларисэ зымахуэ я гъунэгъу ищхъэрэм ежэкIащ:
- Ди япщэкIэ къыщыс ди гъунэгъум дыгъуасэ лоторей билеткIэ сом мелуанищ къихьэхуа уи гугъэкъэ!
Абы жиIар пэжт, ауэ... Ахъшэр къэзыхьар япщэкIэ къыщыс я гъунэгъуратэкъым, къуажэ пощтзехьэрт. Къыщихьари дыгъуасэтэкъым, мазитI хуэдиз ипэкIэт. Къызэрихьари лоторей билеттэкъым, базт. Къихьар сом мелуанищтэкъым, сом щищт.
Хэт и хьэгъапхъи дыгъэмыхъуэм дыгъапIэр щегъэл!
Хьэх Сэфарбий.
НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "731.txt"
} |
Студент гъащIэм хашэ
Университет хъыбархэр
КъБКъУ-м и студпрофкомым къыхилъхьа жэрдэмыр жыджэру даIыгъащ «студент» цIэр зыфIащагъащIэ щIалэгъуалэм. Абыхэм гуп-гупу загуэшри, «Езанэ курсым щIэтIысхьам и лъагъуэ» зэхьэзэхуэ гъэщIэгъуэным зэдыхэтащ. «Станц» 40-м къыщыувыIэ а гъуэгуанэм студентхэм къащыпэплъэрт Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэ куэд. Апхуэдэхэт, псалъэм папщIэ, псынщIэу жэнри, гушыIэ пхэлъынри, къуажэхьхэмрэ ребус зэмылIэужьыгъуэхэмрэ къэщIэнри, литературэм хэпщIыкIынри, IэкIуэлъакIуагъ зэрыпхэлъыр къэгъэлъэгъуэнри, уэрэдхэр я макъамэхэмкIэ зэхэпцIыхукIынри, уи нэр щыпхауэ узэIусэ хьэпшыпыр къэпщIэнри, нэгъуэщI лэжьыгъэ хьэлэмэт куэди. А псоми ехъулIэныгъэкIэ пэлъэщыфахэм я зачёт тхылъхэм «Афэрым!» иратхащ, Iэгуауэшхуэм щIэту.
Илъэс ещанэ хъуауэ екIуэкI джэгу-зэпеуэм гукъыдэжышхуэ яIэу хэтащ студентхэр. Зэпеуэр къызэзыгъэпэщахэм ящыщ Багъэтыр Лянэ зэрыжиIэмкIэ, Iуэхум и къалэн нэхъыщхьэр ныбжьыщIэхэр нэхъ щIэхыу студент гъащIэм хэшэнырщ, университетыр я унэ етIуанэу къащыхъуу абы щеджэнырщ.
Дэри дохъуэхъу езанэ курсым щIэс студентхэм ящыщ дэтхэнэми. Фызытеува лъагъуэр Iуэхугъуэ хьэлэмэт куэдкIэ гъэнщIа гъуэгу бгъуфIэу къыфхущIэкIыну ди гуапэщ. Гъуэгу махуэ, студент гъащIэм хыхьа щIалэгъуалэ!
ЖЫЛАСЭ Маритэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "733.txt"
} |
ЛIыхъужьыгъэм и дерс
Налшык къалэ дэт 1-нэ гимназием «Антитеррор» фIэщыгъэр зиIэ дерс щекIуэкIащ иджыблагъэ. ЗэIущIэр къызэрагъэпэщат Урысей МВД-м и Краснодар университетым и къудамэу ди республикэм и къалащхьэм дэт Кавказ Ищхъэрэ институтым и лIыкIуэхэм. ХьэщIэу къеблэгъахэт Урысей МВД-м и лэжьакIуэхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ институтым къикIа, полицэм и капитан Емгъуэж Аслъэн, IуэхущIапIэм щеджэхэу Осетие Ищхъэрэ - Аланием щыIэ МВД-м хъыбарегъащIэ, жылагъуэм пыщIэныгъэ яхуиIэнымкIэ и къудамэм и унафэщIым и къуэдзэ, полицэм и лейтенант Доевэ Иринэ, полицэм и майор Гогуев Шамиль, полицэм и лейтенант Журавлёв Максим, Налшык къалэ департаментым и лэжьакIуэ Тхьэгъэпсэу Светланэ сымэ.
ЩIапхъаджагъэ зылэжьхэм ебэныным теухуа псалъэмакъ школакIуэхэм драгъэкIуэкIын и пэ къихуэу ахэр ирагъэплъащ Доевэ Иринэ триха «Къэралым къулыкъу хузощIэ! Альфа… Вымпел…» документальнэ фильмым. Ар зытеухуар илъэс 15 ипэкIэ «Альфа», «Вымпел» гупхэм я лэжьакIуэхэу Осетие Ищхъэрэ - Аланием и Беслъэн къалэм террористхэм я зэранкIэ къыщыхъуауэ щыта гузэвэгъуэм хэкIуэдахэрщ. Гъэру яубыда цIыхухэр кърагъэлурэ зи псэр зыта щIалэхэм дэтхэнэми я цIэ-унэцIэхэм щегъэжьауэ я гъащIэ гъуэгуанэр, яхэлъа хьэл-щэныфIхэр, я унагъуэхэр, зэрахьа лIыхъужьыгъэр, я гъащIэм и иужьрей дакъикъэхэр зэрагъэкIуа щIыкIэхэр къыщиIуэтащ авторым фильмым. Апхуэдэу абы щыплъагъурт а гузэвэгъуэм хэтахэри, сабийхэм я анэхэри, егъэджакIуэхэри. Дэтхэнэми я нэгу щIэкIа теплъэгъуэ шынагъуэхэр, ахэр къызэранэкIынымкIэ дэIэпыкъуэгъу къахуэхъуар къэIуэтэжырт.
Кинор щагъэлъагъуэм, пэшыр, бадзэ лъатэмэ зэхэпхыну, щымт, уеблэмэ, я нэпс къекIуахэр зылъэщIхэри яхэтт къызэхуэсахэм.
Фильмыр и кIэм щынэсым пэшым щIэсхэр зэгъусэу къэтэджри, дакъикъэкIэ яхуэщыгъуащ мамырыгъэм папщIэ зи псэр зытахэм.
Доевэ Иринэ иужькIэ зэIущIэм къекIуэлIахэм ядэгуэшащ теплъэгъуэр зэригъэхьэзыра щIыкIэмкIэ. Абы зэрыжиIамкIэ, лэжьыгъэм мазиплI текIуэдащ.
ЗэIущIэм къыщыпсэлъа Емгъуэж Аслъэн жиIащ:
- Терроризмэм дыпэщIэтынымкIэ, а щIэпхъаджагъэм зедмыгъэубгъунымкIэ дэ псоми ди мурадхэри, ди Iуэху еплъыкIэхэри зэтохуэ. ИкIи дэ къарууэ диIэр зэдгъэуIун хуейщ а шынагъуэр дгъэкIуэдын папщIэ. Ди къэкIуэнур фэращ зи IэмыщIэ илъри, фыкъыхудоджэ фысакъыну, Iуэху мыщхьэпэхэм зыдевмыгъэхьэхыну.
ЩIэпхъаджагъэм ебэнын папщIэ цIыхухэр зэкъуэувэным къыхураджащ иужькIэ зэхуэсым къыщыпсэлъа Тхьэгъэпсэу Светлани, еджапIэм и унафэщI Уэрдокъуэ Лиди.
ХЬЭРЭДУРЭ Аллэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "734.txt"
} |
Гиппократ и тхьэрыIуэм тетхэр
ЛIэщIыгъуэ блэкIам и 30 гъэхэм я пэщIэдзэм Зеикъуэ къуажэм иIэ хъуащ медпунктрэ лъхуапIэрэ, япэ сымаджэщыр къыщызэIуахащ 1935 гъэм.
Нэхъ пасэм дохутыр IэщIагъэ зиIэ къуажэм дэсакъым. Зеикъуэдэсхэм къахэкIауэ япэу дохутыр IэщIагъэ зэзыгъэгъуэтахэм ящыщщ 1955 гъэм Осетие Ищхъэрэм медицинэ институт къыщызыуха Iэпщэ Абдулчэрим Гъузер и къуэр. Илъэс 40-м нэскIэ ар Бахъсэн район сымаджэщым дохутыр нэхъыщхьэу, хирургыу щылэжьащ. Дохутыр Iэзэм цIыху куэдым я гъащIэр ажалым къыIэщIихащ. Iэпщэм и гуащIэдэкI хьэлэлым къэралым пщIэ къыхуищIащ. Абы зэрехьэ «КъБР-м щIыхь зиIэ и дохутыр» цIэр, 1981 гъэм къратащ «ЩIыхьым и Дамыгъэ», 1986 гъэм - Октябрь Революцэ орденыр, медаль зыбжанэ.
1957 гъэм дохутыру лэжьэн щIэзыдза Къэрмокъуэ Евгение Мухьэмэд и пхъур псэуху Гиппократ и тхьэрыIуэм текIакъым, и IэщIагъэм фIыуэ хищIыкIырт, сымаджэхэм гуапэу яхущытт. Ар цIыху куэдым сэбэп яхуэхъуащ. И щхьэгъусэ, медицинэ щIэныгъэхэм я доктор Къущхьэбий Викторрэ Евгениерэ щIалищ зэдапIащ. Артуррэ Зауррэ я адэ-анэм я IэщIагъэр къыхахыжащ. Анзор Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ институтым и IэщIагъэлI нэхъыжьщ, щIэныгъэхэм я докторщ.
Дыкъынэ Мухьэб и къуэ Гъумар категорие нэхъыщхьэ зиIэ дохутырщ. Жьэн узыр щагъэхъуж диспансерым и къудамэм и унафэщIу илъэс куэдкIэ лэжьащ. И щхьэгъусэ Ует Зейнэб КъБР-м щIыхь зиIэ и гъэсакIуэщ.
Германием, Польшэм, Куржым, нэгъуэщI щIыпIэхэми щыIа ди дзэ пакIэхэм илъэс зыбжанэкIэ щылэжьащ подполковник Къэрэнашэ Iэдэм Хьэжмурат и къуэр, зауэлIхэм я узыншагъэм и хъумакIуэ пэжу.
Къэрэнашэхэ дохутыр хъарзынэхэр яIэщ. Абыхэм ящыщщ Къэрэнашэ Валентинэ Ахьмэд и пхъур. Курыт еджапIэр фIы дыдэу къэзыуха, а школым и комсомол организацэм и секретару лэжьа Валентинэ дохутыр IэщIагъэм пищI щымыIэу къэтэджащ. КъБКъУ-м и медицинэ факультетыр диплом плъыжькIэ къиуха нэужь, абы егъэджакIуэу къагъэнэжащ. Медицинэ щIэныгъэхэм я кандидат Къэрэнашэм ноби ди университетым щрегъаджэ.
Валентинэ и шыпхъу нэхъыщIэ Къэрэнашэ Iэминат ди республикэм фIыуэ къыщацIыху дохутырщ. Ар Бахъсэн къалэ сымаджэщым и унафэщIу лэжьащ, КъБР-м щIыхь зиIэ и дохутырщ, ди Парламентым и депутату зыбжанэрэ щытащ.
Къардэн Мэрят Мучэзир и пхъур дохутыр нэхъыфIхэм хабжэу Зеикъуэ сымаджэщым щылэжьащ. И IэщIагъэм фIыуэ хещIыкI, цIыху гуапэщ. Мы зэманым ар щолажьэ Бахъсэн поликлиникэм.
Медицинэ щIэныгъэхэм я кандидат Бетыгъуэн Борис Iэуес и къуэр КъБКъУ-м и егъэджакIуэщ. И сабиигъуэр Хэку зауэшхуэм хиубыдащ, гугъу ехьу къэтэджащ. ФIыуэ еджат, и мурадхэм ерыщу щIэбэнати, и хъуэпсапIэр къехъулIащ.
Медицинэ щIэныгъэхэм я кандидат Къардэн Ахьмэд Барэсбий и къуэр жылагъуэ лэжьакIуэшхуэщ. Ар илъэс зыбжанэкIэ ди республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и министру лэжьащ.
Зи цIэ фIыкIэ ираIуэ дохутыр Iэзэхэщ медицинэ щIэныгъэхэм я доктор Сэбаншы Жаннетэ Хъусен и пхъумрэ КъБР-м щIыхь зиIэ и дохутыр Журт Билалрэ.
Джэдгъэф Георгий Аслъэмырзэ и къуэр гинекологщ, и лэжьыгъэм теухуауэ къэхутэныгъэ гъэщIэгъуэнхэр ирегъэкIуэкI. И диссертацэр ехъулIэныгъэкIэ пхигъэкIри, ар медицинэ щIэныгъэхэм я кандидат хъуащ. Абы и анэ Зинаидэ РСФСР-м щIыхь зиIэ и дохутырщ.
ЦIыху телъыджэт Хьэмырзэ Алмир Мэхьил и къуэр, IэщIагъэ зыбжанэм хуэIэижьыр. Ар дохутыр Iэзэт, хирургт, пшынауэ хьэлэмэтт, пщафIэт, дин лэжьакIуэ гъуэзэджэт - къуажэм и ищхъэрэ жэмыхьэтым и ефэндыт.
Зеикъуэ дэтщ Бахъсэн район сымаджэщыр. Ар сыт и лъэныкъуэкIи сымаджэхэм хуэщIащ, дохутырхэм я IэщIагъэм фIыуэ хащIыкI, гу щабэ-псэ щабэхэщ, еш ямыщIэу я IэнатIэм пэрытщ. Зызыгъэхъужу мыбы щIэлъахэм къеIэзахэм ятеухуауэ псалъэ гуапэ куэд жаIэу зэхэпхынущ. ШхынкIи хущхъуэкIи гукъеуэ яIэкъым, дэнэкIи къабзагъэр щытепщэщ, мэзыр гъунэгъущ, хьэуар къабзэщ.
Сымаджэщым мызэ-мытIэу пашэныгъэр къыщихьащ езым хуэдэ медицинэ IуэхущIапIэхэм я зэпеуэм. А текIуэныгъэхэм я хэкIыпIэр мыбы щылажьэ псори зэрызэкъуэтырщ. Сымаджэщым лэжьыгъэфI зэриIэр псом япэу зи фIыщIэр абы и дохутыр нэхъыщхьэрщ.
Дыгулыбгъуей щыщ, Зеикъуэ нысэ КIуэкIуэ Миланэ Мухьэмэд и пхъум 1972 гъэм КъБКъУ-м и медицинэ факультетыр къиухащ. ИлъэситIкIэ терапевту лэжьауэ, 1972 гъэм ар ягъэуващ Зеикъуэ сымаджэщым и дохутыр нэхъыщхьэу, икIи илъэс 30-м щIигъуауэ а IэнатIэм и къару емыблэжу пэрытщ. А IуэхущIапIэр IэмэпсымэкIэ зыхуей хуэгъэзэным, лэжьакIуэкIэ тэмэму къызэгъэпэщыным Миланэ къаруушхуэ тригъэкIуэдащ. Ар сымаджэхэм гуапэу яхущытщ, бзэ IэфIщ, зэIэзэхэм гуныкъуэгъуэ яIэу етIысэхынукъым. И лэжьыгъэфIым папщIэ КIуэкIуэ Миланэ 1989 гъэм «РСФСР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и отличник» дамыгъэр къратащ, 1996 гъэм къыфIащащ «КъБР-м щIыхь зиIэ и дохутыр» цIэр.
ЛэжьакIуэ емышыжхэщ дохутырхэу Къалмыкъ Джульеттэ, Къумыкъу Анфисэ, медсестра Бырс ФатIимэт сымэ, нэгъуэщIхэри.
Зеикъуэ дэт район поликлиникэм лэжьыгъэфI иIэщ. Ар зыхуей IэмэпсымэхэмкIэ тэмэму къызэгъэпэщащ, дохутыр хъарзынэхэри щолажьэ, къуажэдэсхэм я узыншагъэр хъумэным сакъыу кIэлъоплъ. Поликлиникэм зы махуэм цIыху миным щIигъум щеплъыфынущ. Пэшхэр гурыхьу зэлъыIухащ, къабзэхэщ.
1989 гъэ лъандэрэ поликлиникэм и унафэщIщ Къалмыкъ Iэуес Мухьэб и къуэр. ЩIалэ гумызагъэм 1983 гъэм КъБКъУ-м и медицинэ факультетыр къиухащ, сымаджэщым илъэс зыбжанэкIэ дохутыру щылэжьащ. Iэуес и IэщIагъэм фIы дыдэу хищIыкI къудейм къыщымынэу, цIыху пэжщ, гуапэщ. Зи узыншагъэмкIэ гуныкъуэгъуэ зиIэхэрщ нэхъыбэу къыбгъэдыхьэри, я узыфэр тэмэму къехутэ, щхьэж и Iуэху зэрыхъунумкIэ чэнджэщ убзыхуа ирет. Езыр и щхьэм хуэткIийщ, и лэжьэгъухэми зыбгъэдэт IэнатIэр Iэпэдэгъэлэл ящIу идэркъым.
Къалмыкъыр жыджэру хэтщ жылагъуэ лэжьыгъэхэми. Ар район советым и депутатщ. Унафэ зытещIыхьыпхъэ Iуэхухэр щIэх-щIэхыурэ утыку кърехьэ, ахэр гъэзэщIа зэрыхъум кIэлъоплъ.
Поликлиникэм и дохутыр нэхъыфIхэщ ШыкIэбахъуэ Заретэ, КIуэкIуэ Ритэ, нэгъуэщIхэри.
Зеикъуэ дэтщ Бахъсэн район сымаджэщыр. Мы сурэтым щыфлъагъухэр абы и лэжьакIуэ гупщ.
Сурэтхэр Iэхъуэбэч ХьэзрэIил трихащ.
Къуажэ поликлиникэр
ХьэфIыцIэ Iэдэм.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "735.txt"
} |
Тхьэм и унэ
Сыжажэ Ахьмэд Хьэжпагуэ и къуэр 1928 гъэм къалъхуащ. 1941 гъэм 5-нэ классыр къиухащ. Абы и иужькIэ колхозым щылэжьащ. Дзэ къулыкъу нэужьым Тырныауз комбинатым кIуэри, илъэс 22-кIэ шахтэм щIэтащ, 1990 гъэ лъандэрэ къуажапщэ жэмыхьэтым и ефэндыуэ лэжьащ. 1994 гъэм хьэжыщI щыIащ.
Ди Тхьэшхуэм и пащхьэ напэ къабзэкIэ ихьэжыну зи мурад дэтхэнэ муслъымэнми хуэдэу, сэри хьэкъыпIэкIэ спхыкIащ уи дин пIыгъыжыным нэхъ лъапIэ зэрыщымыIэр. Сызэрысабийрэ хьэрэмагъым зыщызодзей, Алыхьым и нэмыплъ къызэрызмыхьыным яужь ситщ. КъурIэным си нэ къыхуикIырти, абы сыкъеджэфу сригъэсащ си анэ шыпхъу Щоджэн Чаусэр. КуэдкIэ къыздэIэпыкъуащ си щхьэгъусэм и адэ, ди къуажэ ефэндышхуэу дэса Щоджэн ХъуатIэ, шахтэм къыздыщIэта къурIэнIыхьлы ГъукIакъуэ Хьэгуцырэ сымэ.
ФIыщIэшхуэ яхузощI дин Iуэхухэм ятеухуа куэдым щыгъуазэ сызыщIа Iэпщэ Гъузер, Шорэ Чашиф, Щоджэн Чазим сымэ. Я ахърэтыр Тхьэм нэху ищI!
ЦIыхухэм я губгъэн къыумыхьу улэжьэныр тыншкъым. Жэуаплыныгъэ ин зыпылъ къалэн егъэзащIэ ефэндым. Нэщхъеягъуэ зиIэм и пщIантIэм дэтын хуейщ ар махуэр щыуаеми щыжьэражьэми, емыкIу къримыгъэхьу, дунейм ехыжам и псэр имыгъэгузавэу.
Зэрихьэ диным зигу хуэкъабзэм и гур сыткIи къабзэщ. Зы дини щыIэу сэ сщIэркъым, фэсэдыгъэм укъыхуриджэу. «Уэ уджаурщ умуслъымэнщ» жыпIэу дин зэхэгъэж пщIы хъунукъым. Диныр зэпэбубыду узэныкъуэкъуныр гуэныхьышхуэ зыпылъщ.
Муслъымэн дин хабзэхэр зэрысхузэфIэкIкIэ тэмэму згъэзэщIэну иужь ситми, сэ сыщIэхъуэпсырт хьэжыщI сыкIуэну, Чэбэ мэжджытым и блыным хэт мывэ лъапIэр си нэкIэ зэзгъэлъагъуну. Тхьэм я псапэм къахупищэ, си щIалэхэм гъуэгупщIэр, гъуэгу тхылъхэр схузэрагъэпэщри, ари къызэхъулIащ, ауэ абы иужькIэ сэ фIыуэ къызгурыIуащ, Мэчэ нэс умыкIуэми, псапэ зэрыпхуэщIэнур. ЦIыхухэм зыгуэркIэ за-щIэбгъакъуэмэ, зыщыгуфIыкIын гуэр яхуэпщIэмэ, тхьэмыщкIэм удэIэпыкъумэ, псапэ хэкIыпIэщIэщ ахэр.
Сэ мурад сщIат мэжджыт сухуэну. Псом япэу а Iуэхум сыщытепсэлъыхьащ ди унагъуэм. Си щхьэгъусэми, си щIалэхэу Хъусени, Хьэсэни, Чэмали, Толи, Артури си мурадыр къыздаIыгъащ, яхузэфIэкI псомкIи къыздэIэпыкъуну сыкъагъэгугъащ. Ар щызэхахым, къуажэдэсхэми я гуапэ хъуащ.
Мылъку гуэр зыбгъэдэлъым зыкъытщIигъэкъуащ, IэщIагъэ зиIэхэр, къарукIэ зыгуэр зыхузэфIэкIхэр ди щIыхьэхухэм къыхыхьащ. Арати, къуажапщэм и уэрам нэхъыщхьэм къытеуващ зи мухьэрэбыр дыгъэм пэлыд, тIууэ зэтет унэ хужьышхуэ. Сэ сыхуейт абы и ухуэныгъэм мылъкукIэ, къарукIэ хэлIыфIыхьахэм я цIэ къисIуэну. Абыхэм ящыщщ Соблыр Руслан, Джэдгъэф Марян, Щомахуэ Хьэрэбий, Къуэдзокъуэхэ Хьэсенрэ Iэуесрэ, Шэт Руслан, АбытIэ Мусэ, Жылау Барэ, ЛIизэм Барэсбий, Согуэ Мухьэмэд сымэ, нэгъуэщIхэри.
Зэрагъэплъ батарее 21-рэ пщIэншэу тхуигъэуващ Къумыкъу Хъусен Алий и къуэм. Пэшхэр хьэкъыншэу штукатур тхуищIащ Къумыкъу Хъусен Хьэмид и къуэм.
Си щIалэ Хъусен сом мин щэ ныкъуэ къызитри, мэжджытым и кIуэцIыр къредгъэщIыкIащ.
Тхьэм и унэр ухуэным зи гуащIэ хэзылъхьа псоми я псапэр минкIэ Алыхьым яхуигъэбагъуэ!
Къуажэ щыхъукIэ, Iуэху Iэджи дэлъщ. ФIым къыдэкIуэу, мыхъумыщIи щыплъагъунущ. Куэд щIауэ сигу къоуэ къуажэм кIуэцIрыкI кIэнауэм цIыху куэд зэрыхэкIуадэр. Псы нэпкъыр задэщ, цIэнтхъуэрыгъуэщи, убэлэрыгъамэ, бетэмалщ абы ухэкIуэдэныр. Ар зэрышынагъуэр къалъытэри, гъущI пкIэлъей цIыкIухэр бетоныбгъум хагъэуват, ауэ ахэр жьы хъури, хэхуэжащ. Къэнахэри къуейщIейхэм хатхъыжащ. ИужькIэ бетон бжыхьыр цIыху зекIуапIэхэм Iуагъэуват, арщхьэкIэ ахэри гущIэгъу зыхэмылъхэм якъутащ. Гужьеигъуэ ихуам дежкIэ сэбэпышхуэ хъунут, гъущI пкIэлъей цIыкIухэр хагъэувэжамэ е гъущI кIапсэ епхъуапIэ гуэрхэр ящIамэ.
Щхьэж и диным пщIэ хуищIу, ирилажьэу, ирипсэууэ, нэхъыфI-нэхъыкIэкIэ зэхимыдзу, бэIутIэIуншэу, узыншэу Тхьэм цIыху псори дызэдигъэпсэу, мурадыфI диIэу, ди хъуэпсапIэхэр къыдэхъулIэу.
Сыжажэ Ахьмэд-хьэжы.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "736.txt"
} |
Лэжьыгъэм цIыхур егъэбжьыфIэ
30 гъэхэм ди къэралым ухуэныгъэ ин дыдэхэр щекIуэкIащ. Абыхэм ящыщщ Бахъсэн ГЭС-р, Тырныауз вольфрам-молибден комбинатыр.
Бахъсэн ГЭС-р къуажэм къыдэкIа япэ рабочэхэр щагъэхьэзыра «кIыщу» щытами, абы иужькIэ Тырныауз цIыху куэд кIуащ икIи жыпIэ хъунущ а бгыщхьэ лъэщапIэм ди щIалэхэм лэжьыгъэшхуэ щагъэхъеяуэ. Абыхэм ящыщщ АбытIэ Зулхьэчим, Нэхущхэ Ахьмэд, Хьидэ, Дыкъынэ Хьэлий, Сыжажэ Ахьмэд, Джэдгъэфхэ Аслъэмырзэ, Ибрэхьим, Сэбаншыхэ Чэмал, Хьэбас, Жылаухэ Зубер, Музир, Шурдымхэ Хьэчим, Мусэ, Хьэсэн, Щомахуэ Билал, нэгъуэщIхэри.
АбытIэ Зулхьэчим Мурадин и къуэр (1917 - 1960) 1939 гъэм и пэщIэдзэм «Молибден» рудникым уващ къызэрыгуэкI лэжьакIуэу. 1942 гъэм ар фронтым Iухьащ, тIэунейрэ уIэгъэ хъуащ. «За отвагу» медалыр къратащ. И узыншагъэр зэрызэкIэлъымыкIуэм къыхэкIкIэ, Хэку зауэшхуэр имыухыу дзэм къыхагъэкIыжащ. 1944 гъэм и жэпуэгъуэм аргуэру Тырныауз игъэзэжащ.
1946 гъэм АбытIэм къыIэщIалъхьащ зэраубру машинэр. ЩIалэ къарууфIэм, мыщхьэхым зэман кIэщIым къриубыдэу ехъулIэныгъэфIхэр зыIэригъэхьащ икIи мазэ зыщыплI нэхъ дэмыкIыу абы къратащ «Металлургие цIуугъэнэ IэнатIэм щекIуэкI социалист зэхьэзэхуэм и отличник» дамыгъэр. ИужькIэ Зулхьэчим къыхуагъэфэщащ Къэбэрдейм и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и ЩIыхь тхылъ. Зеикъуэ щыщ щIалэм и бгъэм 1949 гъэм къыхалъхьащ «Лэжьыгъэм къызэрыхэжаныкIам папщIэ» медалыр.
Зулхьэчим махуэ къэс нэхъ цIэрыIуэ хъурт. ШахтылIхэм яхэттэкъым абы лэжьыгъэкIэ къытекIуэ, ар куэдым я гъуазэт. АбытIэм очеркышхуэ тритхыхьащ тхакIуэ Киреев Михаил. ШахтылI цIэрыIуэм 1957 гъэм къратащ Ленин орденыр. 1959 гъэм гъатхэпэм и 1-м АбытIэ Зулхьэчим КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и депутату хахащ.
ХузэфIэкIынухэм хунэмысу, куэдым фIыуэ къалъагъу, пщIэ зыхуащI, псэ хьэлэл зиIэ лэжьакIуэшхуэр 1960 гъэм щэкIуэгъуэм и 15-м гуузу дунейм ехыжащ.
Нэхущ Ахьмэд Жыр и къуэр Бахъсэн къыщыщIэдзауэ Тырныауз нэс кIуэ гъуэгур зыухуахэм яхэтащ. 1938 гъэм Ахьмэд Тырныауз щылэжьэну ягъэкIуащ. Ар гъусэ яхуэхъуащ псэуалъэ зыщIхэм. Ухуэныгъэм зи гур ета щIалэ IэкIуэлъакIуэм еш, щхьэх ищIэртэкъыми, и цIэр дэнэкIи фIыкIэ къыщраIуэрт. ГушыIэжурэ, и ныбжьэгъухэм Ахьмэд къыжраIэрт: «Уэ мывэу зэтеплъхьар Iуащхьэмахуэ елъэгэкIынщ». Нэхущым и бригадэм IуэхущIапIэ, псэупIэ унэ куэд зэтрилъхьащ, школхэр, сабий садхэр иухуащ. Зы мази къэнакъым абы и къалэнхэм щIримыгъэгъуу.
Абы къыдэкIуэу, Нэхущым и IэщIагъэм хуигъэсащ щIалэгъуалэ куэд. Тырныауз япэу къыдэува унэ зэтетхэр зи IэрыкIыр Ахьмэд сымэщ.
Нэхущ Ахьмэд и лэжьыгъэфIым папщIэ 1955 гъэм Ленин орденыр къратащ. УхуакIуэ Iэзэм лъэужь дахэ къигъэнащ.
Къэрмокъуэ (Гъэунэ) ЛатIифэ Хьисэ и пхъур (1918 - 1998) Къэбэрдей-Балъкъэр пединститутым щIэсащ, къуажэм егъэджакIуэу щылэжьащ. ГъэсэныгъэфI зыбгъэдэлъ, щIэныгъэ хъарзынэ зиIэ хъыджэбзым Лэскэн, Бахъсэн районхэм я парт комитетхэр IэщIэлъащ. ИужькIэ ар хозяйствэ IэнатIэхэм ягъэкIуащ. «Горянка», «Красный Кавказ» мэкъумэш хозяйствэхэм, промартелым, лъэпэд щад фабрикэм я унафэщIу щытащ, Къэбэрдей-Балъкъэр дэрбзэр фирмэм и унафэщIу лэжьащ.
Къэрмокъуэр республикэм щекIуэкI жылагъуэ лэжьыгъэхэм жыджэру хэтащ. Тхуэнейрэ Налшык къалэ Советым и депутату, КПСС-м и къалэ комитетым и бюром мызэ-мытIэу хахащ, КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и депутату тIэунейрэ щытащ, абы и Президиумым хэту. И къару емыблэжу зэрылэжьам папщIэ Къэрмокъуэ ЛатIифэ 1957 гъэм «ГуащIэдэкI Бэракъ Плъыжь», 1967 гъэм - Ленин орденхэр къратащ. ЩIыхь тхылъхэр, медалхэр къыхуагъэфэщащ.
Къущхьэ Гъумар Сэхьид и къуэр (1927 - 1994) къэрал, парт, жылагъуэ лэжьакIуэшхуэу щытащ. Илъэсибл школым и егъэджакIуэу, абы и унафэщIу лэжьащ. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал пединститутыр диплом плъыжькIэ, Осетие Ищхъэрэм и мэкъумэш институтыр, КПСС-м и ЦК-м и парт школ нэхъыщхьэр къиухащ. Партым и Iуащхьэмахуэ районым и къудамэм и унафэщIу, секретару, япэ секретару лэжьащ. 1962 гъэм къыщыщIэдзауэ Къущхьэр Бахъсэн колхоз-совхоз производственнэ управленэм и унафэщIу щытащ. Районхэр къызэрагъэпэщыжа нэужь, партым и Бахъсэн райкомым и япэ секретару лэжьащ икIи а зэманым а щIыналъэм Гъумар IуэхуфI куэд щызэфIигъэкIащ. ИужькIэ Къущхьэр лэжьащ КПСС-м и обкомым и къудамэм и унафэщIу, КъБАССР-м мэз хозяйствэмкIэ и министру, дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэнымкIэ республикэ обществэм и унафэщIу.
Къущхьэ Гъумар мызэ-мытIэу КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и депутату, КПСС-м и ХХIII съездым и делегату щытащ.
И IэнатIэхэм хьэлэлу зэрыбгъэдэтам папщIэ Къущхьэ Гъумар къратащ Ленин орденыр, «ЩIыхь Дамыгъэ» орденитI, медаль зыбжанэ.
Бырс Хьэсэнбий Анзор и къуэм (1932 - 2002) Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал пединститутыр, КПСС-м и ЦК-м и парт школ нэхъыщхьэр къиухащ. Курыт школым и егъэджакIуэу, и унафэщIу лэжьащ. ИужькIэ парт лэжьыгъэм зритащ. КПСС-м и Тырныауз къалэ комитетым и 2-нэ секретару, партым и обкомым и инструктору щытащ, Налшык хьэлвэ заводым и директоращ. Сыт хуэдэ къалэн и пщэ кърамылъхьами, хьэлэлу игъэзэщIащ.
Жэмыхъуэ Азрэталий Хьисэ и къуэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетри парт школ нэхъыщхьэри къиухащ. ВЛКСМ-м и Iуащхьэмахуэ райкомым и секретару, КПСС-м и райкомым и инструктору лэжьащ. Илъэс куэдкIэ профсоюз IуэхущIапIэ зэгухьэныгъэм унафэ хуищIащ. И лэжьыгъэфIым папщIэ дамыгъэ лъапIэхэр къыхуагъэфэщащ. Ар шахмат композицэхэр зэхэлъхьэнымкIэ Урысей псом къыщацIыхурт, шахмат есэпхэр, этюдхэр щIыжынымкIэ мызэ-мытIэу зэпеуэхэм щытекIуащ.
Азрэталий и къуэш нэхъыщIэ Жэмыхъуэ Даут къуажэдэсхэр радиокIэ, телефонкIэ къызэгъэпэщыным теухуауэ лэжьыгъэшхуэ зэфIигъэкIащ. Абы къыфIащащ «СССР-м связымкIэ щIыхь зиIэ и радист» цIэ лъапIэр.
Щомахуэ Бэч ХьэтIым и къуэм къиухащ Налшык технологие техникумыр, Москва къэрал кооперативнэ институтыр. Iуащхьэмахуэ потребительскэ обществэм, Къэбэрдей-Балъкъэр оптовэ базэм я унафэщIу лэжьащ. Щомахуэр РСФСР-м и потребительскэ кооперацэм и отличникщ, КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и ЩIыхь тхылъ, медаль зыбжанэ къратащ.
Жылау Владимир Мурат и къуэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетри связымкIэ Ставрополь училищэри къиухащ. Дзэм офицеру къулыкъу щищIащ, Тырныауз къалэм илъэс куэдкIэ щылэжьащ, партым и къалэ комитетым и инструктору, связым и линейно-техникэ участкэм и тхьэмадэу, «Эльбрусгаз» ОАО-м и унафэщIу щытащ. ЩIыхь тхылъхэр, медалхэр къратащ. Абыхэм ящыщщ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЩIыхь тхылъыр.
Къаскъул Хьэлий ТIэиб и къуэр (1931 - 1996) зэрысабийрэ гуащIэдэкIым щIапIыкIат, IэпщIэ-лъапщIэт, ухуакIуэ Iэзэт. Бахъсэн щIыналъэм и МКСУ-3-м и ухуакIуэ бригадэм и унафэщIу илъэс куэдкIэ лэжьащ. Ар яхэтащ Зеикъуэ, Гундэлэн сымаджэщхэр, япэ, етIуанэ курыт школхэр, «Зеикъуэ» колхозым и псэуалъэхэр зыухуахэм. 1967 гъэм Къаскъулым къратащ «РСФСР-м и мэкъумэш хозяйствэ IэнатIэм щекIуэкI социалист зэхьэзэхуэм и отличник» дамыгъэр, абы къыфIащащ «КъБАССР-м щIыхь зиIэ и ухуакIуэ» цIэр.
Зи цIэр лъагэу яIэта ухуакIуэхэм ящыщщ Щомахуэ Тамбий Исуф и къуэр, «Къэббалъкъ- промстрой»-м паркетилъхьэу щылэжьар. Щомахуэм и лэжьыгъэфIым папщIэ «ГуащIэдэкI ЩIыхь» орденым и 3-нэ нагъыщэр къратащ, РСФСР-м щIыхь зиIэ и ухуакIуэщ.
Хьэпэ Хьэбил НэфIыцIэ и къуэр илъэс куэдкIэ Налшык и ухуэныгъэ инхэм хэтащ. 2001 гъэм Хьэбил къыфIащащ «КъБР-м щIыхь зиIэ и ухуакIуэ» цIэ лъапIэр.
Мывэ тхьэмбылыфэхэр
Хьэрэкхъуэрэ мывэр илъэс Iэджэ лъандэрэ цIыхухэм къагъэсэбэп. Нэхъ пасэхэм абы куэду къыхащIыкIырт унэ лъабжьэхэр, мывэ пкъохэр, мывэ къалэхэр. ИлъэсищэкIэ узэIэбэкIыжмэ, мывэм къыхэщIыкIа псэуалъэ зыухуэхэр нэхъ къулейхэрати, революцэм и зэманым абыхэм я унэхэр къытрахыу езыхэр зэрагъэкIуэдам щхьэкIэ «мывэ унэр угъурсызщ» жаIэрт.
Хьэрэкхъуэрэ мывэр куэду къыщагъэсэбэпащ Бахъсэн ГЭС-м и ухуэныгъэхэм, къуажэкум щащIа унэ зэтетхэм.
Зеикъуэ мывэм и цIэр лъагэ, ар зыубгъуауэ къагъэсэбэп щыхъуар Хьэрэкхъуэращхьэ туфкарьер къыщызэIуаха нэужьщ. Туф тхьэмбылыфэхэр, хьэлыуэ IупщIэм хуэдэу, зэпыхын щыщIадзар 1967 гъэрщ. Карьерым и унафэщIу илъэс куэдкIэ лэжьащ Хъупсырджэн Хьэмидбий Хьэсанэ и къуэр.
Ди республикэм жылагъуэ иту къыщIэкIынкъым зеикъуэ туфыр здынэмыса, уеблэмэ ар нэгъуэщI щIыпIэ куэдми яIэрыхьащ. Япэ илъэсипщIым карьерым туфу зэпихащ кубометр мин 383-рэ. Машинист IэкIуэлъакIуэхэт «ГуащIэдэкI ЩIыхь» орденыр зратахэу Унэж Хъусенрэ Чэрим Хьэсэнрэ, Хьэгъур Мэрем, Щауэ Хъусен, Къалмыкъ Мухъталин, Мэршэнкъул Виктор сымэ, нэгъуэщIхэри. Ноби туфкарьерыр мэлажьэ, ауэ и зэфIэкIхэм кIэрыхуащ.
АбытIэ Зульхьэчим
Согуэ Аслъэнбий
Къэрмокъуэ ЛатIифэ
Щомахуэ Бэч
Къущхьэ Гъумар
Щомахуэ Албэч
Соблиров Руслан
ГъукIакъуэ Инал.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "737.txt"
} |
КIэухыр зыIагъэхьами…
(Премьер-лигэм дыщыхэта гуимыхуж илъэсхэр. 2008 гъэ)
Урысей Федерацэм футболымкIэ и премьер-лигэм ди щIалэхэм щрагъэкIуэкIа ещанэ илъэсым арэзы нэхъ дыкъимыщIауэ къэнащ. Щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр гурыIуэгъуэщ – щIэщыгъуэр икIат. Япэ илъэситIым къэралым и топджэгу нэхъыфI дыдэхэм ди «Спартак-Налшыкыр» зэрыхэт къудейм дэрэжэгъуэ къыдитамэ, иджы дыхуейт ар нэхъ лъагэу турнир таблицэм щыдэкIуэтеину. Уеблэмэ, европэпсо утыку налшыкдэсхэр ихьэн хуейуэ къэзыгъэувхэри мащIэтэкъым.
Хъуэпсэгъуэр фIыщ - Iуэхугъуэшхуэхэм укъыхуагъэуш. АрщхьэкIэ абы лъабжьэ гуэр иIэн хуейт. ДиIэу пIэрэт дэ 2008 гъэм апхуэдэ. Ар зэдгъэщIэн папщIэ а илъэсым щыIа зэхьэзэхуэр зэрекIуэкIам дыхэплъэжынщ.
Адрей и хьэрхуэрэгъухэм елъытауэ мылъкукIи игъэджэгунхэмкIи хуэмыщIэщами, япэрей илъэситIым хуэмыдэу, «Спартак-Налшыкым» зэпеуэр текIуэныгъэкIэ къыщIидзащ. Бэнэныгъэ гуащIэм щыхэгъэщIа хъуащ къалэнышхуэхэр зыхуэзыгъэувыжа Мэзкуу областым и «Сатурн»-р. Абы иужькIэ къэхъуар зыгурыгъэIуэгъуейщ – къыкIэлъыкIуа джэгугъуиблым налшыкдэсхэм очко 17 щафIэкIуэдащ. Нэхъ гухэщIыжращи, сыт щыгъуи и стадионым щылъэщ «Спартак-Налшыкым» ари къыдэмыIэпыкъуж хъуащ. Абы и щыхьэтщ зи гугъу тщIа лъэхъэнэм ди щIалэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм плIэнейрэ зэкIэлъхьэужьу къызэрыщыхагъэщIар. ГурыфIыгъуэу щыIар Мэзкуу щыджэгуу ЦСКА-м зэрытекIуарщ. Ауэ аргуэрри къытIуригъэупщIыIуэжащ а зэIущIэм щыдигъэкIа топымкIэ очкоищыр къытхуэзыхьа, куэд дыдэкIэ дызыщыгугъ Къэжэр Назир къыщыщIам. ТекIуэныгъэм игъэгушхуа щIалэщIэр, дауи, журналистхэм къаухъуреихьащ икIи «ЦСКА-р хэдгъэщIащ, хэт адэкIэ зи чэзур, «Спартак»-ра?!» псалъэхэр къызэдапхъуэтащ. Назир апхуэдэу зэрыжиIам я хьэрхуэрэгъухэр нэхъри къызэщIигъэплъауэ ди командэм и тренер нэхъыщхьэ Красножан Юрэ къилъытащ икIи зэрымыарэзыр къыхигъэщу къэпсэлъащ. Езы Къэжэрри IумпIэгъуафIэтэкъыми, Iуэхур нэхъ кууж ищIащ. тхьэмахуэ дэкIри къэкIуа Мэзкуу и «Спартак»-р Налшык къыщытекIуэу ар зэрахъуэжар хуэшэчакъым икIи губжьауэ джэгупIэ губгъуэм къикIыжащ, и Iэр зэрыпхауэ щыта бинтыр хыфIихуэу. Апхуэдэ зыщIыкIэр Красножан къыхуигъэгъуакъым - абы иужькIэ зэIущIэхэм куэдрэ къригъэхьэжакъым икIи, дауи, и джэгукIэр зэтекIащ дзыхь къызэрыхуамыщIыжым къыхэкIыу. ИпэжыпIэкIэ футболист Къэжэр Назир и къэкIуэнур абдежым щызэхуэщIа хъуащ икIи иужькIэ зыкъиужьыжыфакъым.
Зэхьэзэхуэм и пэщIэдзэм къэхъуа а къайгъэр «Спартак-Налшыкми» зэрыщыту зыхищIащ икIи зэкIэлъхьэужь зэIущIищым зы очко зыIэригъэхьэфауэ аращ. Нэхъ хьэлъэ дыдэ хъуар Налшык шыIэу «Москва»-р 3:0-у къызэрытекIуарат.
АдэкIэ Iуэхур зэрыхъунур хэт ищIэнт, ебгъуанэ-епщыкIутIанэ джэгугъуэхэм зэкIэлъхьэужьу плIэнейрэ щытекIуэу турнир таблицэм щыдэмыкIуэтеижатэмэ. А лъэхъэнэм узэрыгушхуэн куэд хэлъащ: километр мин зыбжанэ къызэранэкIри, ди щIалэхэм япэу Владивосток щыхагъэщIат «Луч-Энергиер»; ефIэкIат нэгъуэщI щIыпIэхэм щыIэу а зэхьэзэхуэм иджыри къэс зыри къызытемыкIуа, турнир таблицэм пашэныгъэр щызыIыгъ «Рубин»-м; Санкт-Петербург топиплI щыдагъэкIри, очкоищым хагъэкIыжат УЕФА-м и кубокымрэ Суперкубокымрэ къезыхьэлIэу къекIуэлIэжагъащIэ «Зенит»-р.
А псоми гугъэ IэфIхэр къызэщIигъэушат. АрщхьэкIэ, къэнэжа джэгугъуэ 18-м къриубыдэу «Спартак-Налшыкыр» тIум щытекIуэжауэ аращ - Налшык щыIэу «Тэрчымрэ» хьэщIапIэ кIуауэ «Москва»-мрэ. ФокIадэм (сентябрым) и 21-м къэралым и къалащхьэм къыщахьа текIуэныгъэр а гъэм иужь дыдэу къыщIэкIащ. Абы къыкIэлъыкIуа мазитIым щIигъум ирагъэкIуэкIа джэгугъуи 8-м ди щIалэхэм зыри хагъэщIэфакъым.
Хьэлэмэтращи, очко хуэныкъуэ псоми, «Зенит»-м фIэкIа къэмынауэ, ахэр «Спартак-Налшыкым» и деж щагъуэтащ. Ирехъу ахэр медалхэм щIэбэнхэрауи е премьер-лигэм къыхэнэну ныкъуакъуэхэрауи. Дауи, абыхэм яужькIэ налшыкдэсхэм я зэIущIэхэр ящэу псалъэмакъ мыщхьэпэ куэд ежьащ. Ар щIэбгъэщIэгъуэни щыIэтэкъым.
Абы кърикIуар сыт? «Спартак» стадионым и ихьэпщIэр хуэдищкIэ ягъэпудами, цIыхухэр къахуемыкIуэлIэжу, ди командэр губгъуэм щикIыжкIэ къыдэщIхэр мыарэзыуэ къефийуэ хъуащ. Языныкъуэ футбол IэщIагъэлI цIэрыIуэхэм течауэ жаIэрт налшыкдэсхэм зэпеуэр зэраухрэ куэд щIауэ икIи уазэрыщыгугъын щымыIэжу.
Апхуэдэу гухэщIу иухащ «Спартак-Налшыкыр» премьер-лигэм зэрыхэта ещанэ илъэсыр. Зы мащIэкIэми, ар адреитIым нэхърэ нэхъыкIащ зыIэрагъэхьа очко бжыгъэмкIи, къыхудагъэкIа топхэм я куэдагъымкIи.
Арати, 2008 гъэм екIуэкIа зэхьэзэхуэм арэзыныгъэ лъэпкъ къаритакъым Къэбэрдей-Балъкъэрым футболым щыдихьэххэми, ди командэм хэтхэми, абыхэм я унафэщIхэми. ГурыIуэгъуэт «Спартак-Налшыкым» зэхъуэкIыныгъэфIхэр зэрыщыIэн хуейр.
«Спартак-Налшыкым» и фащэр щыгъыу а гъэм премьер-лигэм къэрали 10-м ящыщ футболист 27-рэ щыджэгуащ. Дауи, нэхъыбэ дыдэр Урысей Федерацэм и цIыхухэрат. Ди къэралым щыщу Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр зыхъумахэм я бжыгъэр адрей илъэсым елъытауэ 8-кIэ ягъэмэщIащ, ауэ абы щхьэкIэ къэмынэу адыгэхэм хэхъуащ. «Спартак-Налшыкым» 2008 гъэм щыджэгуахэщ гъуащхьэхъумэныкъуэхэу Мэшыкъуэ Аслъэн (зэIущIэ 28-м хэтащ), Джатэрывэ Къазбэч (26), Балэ Рустам (1), гъуащхьауэхэу ДзыхьмыщI Марат (23), Къэжэр Назир (14), Гъуэщокъуэ Арсен (8) сымэ.
УегъэгуфIэ ди лъэпкъэгъуу губгъуэм къихьэхэм я бжыгъэмрэ абыхэм псори зэхэту ирагъэкIуэкIа зэIущIэхэм я куэдагъымрэ илъэс къэс зэрыхэхъуэм: 2006 гъэм адыгиплI джэгугъуэ 49-м хэтамэ, къыкIэлъыкIуэм тхур 59-м къихьащ, иджы абыхэм зыкъыщагъэлъэгъуар 100-м нагъэсат. А Iуэхугъуэр гуапэт икIи адэкIи ефIэкIуэну дызыщыгугът.
«Спартак-Налшыкым» 2008 гъэм щыджэгуахэм ящыщу нэхъыбэ къыздикIар Куржырат (Амисулашвили, Гогуа, Сирадзе). Украинэм и цIыхухэт Шумейкэрэ Патякрэ. Зырыз къикIат Сербием (Радич), Черногорием (Джудович), Бразилием (Фелипе), Литвам (Шернас), Молдовэм (Фрунзе). Бразилием щIыгъуу Босниемрэ Герцеговинэмрэ и паспорт иIыгът япэ къекIуэкIыгъуэм ди командэм хэта Рикарду. Зэхьэзэхуэр икIэм нэблэгъэпауэ Узбекистаным и гражданствэр Урысей Федерацэм еймкIэ ихъуэжат Бикмаевым.
Хьэлэмэтрати, 2007, 2008 гъэхэм къриубыдэу «Спартак-Налшыкым» и футболистхэм метр пщыкIузым и деж щыту зы топи яхудэгъэкIатэкъым. Япэ илъэсым апхуэдэ Iэмал судьяхэм ди командэм къратакъым. Иджы апхуэдэ насып тIэунейрэ къахукъуэкIати, Сирадзерэ Мэшыкъуэмрэ зэуа топхэр гъуэм хуэзатэкъым.
Премьер-лигэм зэрыхэта япэ илъэситIым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэр Налшык щыIэу зэи метр 11-м и деж щыту гъуэм емыуамэ, иужьреитIыр къыщыхъуар ди стадионырат. АрщхьэкIэ… Налшыкдэсхэр пенальти еуэным зэрыщыужар нэрылъагъут икIи абы зэрытелэжьэн хуейм шэч хэлътэкъым.
2008 гъэм ирагъэкIуэкIа зэIущIэхэр
1. 14.03. «Спартак-Налшык» – «Сатурн» - 2:1 (Филатов, Мэшыкъуэ)
2. 23.03. «Спартак-Налшык» – «Амкар» – 0:1
3. 29.03. «Тэрч» - «Спартак-Налшык» – 2:1 (ДзыхьмыщI)
4. 04.04. «Спартак-Налшык» – «Динамо» - 0:2
5. 12.04. ЦСКА - «Спартак-Налшык» – 0:1 (Къэжэр)
6. 19.04. «Спартак-Налшык» – «Спартак» - 1:2 (Джатэрывэ)
7. 27.04. «Локомотив» - «Спартак-Налшык» – 0:0
8. 02.05. «Спартак-Налшык» – «Москва» - 0:3
9. 07.05. «Луч-Энергия» - «Спартак-Налшык» - 0:2 (Рикарду, Кочубей)
10. 10.05. «Спартак-Налшык» – «Рубин» - 2:0 (Калимуллин, Кисенков)
11. 01.07. «Зенит» - «Спартак-Налшык» – 3:4 (Анюков - езым и гъуэм, Калимуллин, Джудович, Амисулашвили)
12. 05.07. «Спартак-Налшык» – «Шинник» - 2:1 (Сирадзе, Амисулашвили)
13. 13.07. «Томь» – «Спартак-Налшык» – 1:0
14. 19.07. «Спартак-Налшык» – «Крылья Советов» - 1:1 (Амисулашвили)
15. 30.06. «Химки» - «Спартак-Налшык» – 2:0
16. 03.08. «Амкар» - «Спартак-Налшык» – 0:0
17. 10.08. «Спартак-Налшык» - «Тэрч» – 2:0 (Сирадзе, Самсонов)
18. 16.08 «Динамо» – «Спартак-Налшык» – 1:0
19. 24.08. «Спартак-Налшык» – ЦСКА - 0:0
20. 31.08. «Спартак» – «Спартак-Налшык» – 2:1(Гогуа)
21. 14.09. «Спартак-Налшык» - «Локомотив» - 0:1
22. 21.09. «Москва» - «Спартак-Налшык» - 1:3 (Самсонов, Сирадзе, Калимуллин)
23. 27.09. «Луч-Энергия» - «Спартак-Налшык» – 2:2 (Кисенков, Калимуллин)
24. 04.10. «Рубин» - «Спартак-Налшык» - 3:0
25. 18.10. «Спартак-Налшык» - «Зенит» - 2:2 (Шумейкэ, Мэшыкъуэ)
26. 25.10. «Шинник» – «Спартак-Налшык» - 2:1(Сирадзе)
27. 02.11. «Спартак-Налшык» - «Томь» - 1:1 (Калимуллин)
28. 08.11. «Крылья Советов» - «Спартак-Налшык» - 2:0
29. 16.11. «Спартак-Налшык» – «Химки» - 1:2 (Бикмаев)
30. 23.11. «Сатурн» – «Спартак-Налшык» – 1:1 (Бикмаев)
Къэралым и кубокым
Къэбэрдей-Балкъэрым и командэр, зэи къэмыхъуауэ, къэралым и кубокыр къэхьыным теухуауэ екIуэкIа зэхьэзэхуэм и финалым и Iыхьэ плIанэм 2007 гъэм зэрыщынэсам къыкIэлъыкIуэ илъэсым пащэфакъым. Зэрихабзэу, «Спартак-Налшыкым» хэту нэхъыбэу абы щыджэгуар щIалэгъуалэмрэ командэ нэхъыщхьэм щIыгъуу сыт щыгъуи къихьэну Iэмал зимыIахэмрэщ.
Урысей Федерацэм и кубокым хыхьэу налшыкдэсхэм 2008 гъэм ирагъэкIуэкIар зы джэгугъуэ закъуэщ. Ауэ абыи япэ дивизионым хэт «Витязь»-м и тхыдэм зэи къыщымыхъуа Iуэхугъуэ щрагъэлэжьащ – япэу храгъэгъэщIащ премьер-лигэм щыщ командэр. Ди жагъуэ зэрыхъущи, ар «Спартак-Налшыкырщ».
1/16-нэ Iыхьэм. 06.08. «Витязь» (Подольск) - «Спартак-Налшык» - 2:1 (Бикмаев)
Сурэтхэм: Зэныбжьэгъу икIи зэхьэрхуэрэгъу Мэшыкъуэ Аслъэнрэ Нэхущ Русланрэ «Спартак-Налшыкымрэ» «Сатурнымрэ» щызэдэджэгуам.
Джудович Миодраг ди командэм и капитан нэст.
Мэзкуу и «Спартак»-м дэщIхэр къыщыкIуам.
Жыласэ Заурбэч.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "738.txt"
} |
ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 75-рэ щрикъум ирихьэлIэу
Хэкум и бын пэж
Мэзкуу зыхъумэжхэм ягу къэкIыртэкъым зымащIэкIи бийм худачыхыну. Ахэр лIэн-къэнэну пэщIэуват езыхэм нэхърэ куэдкIэ нэхъыбэ, Iэщэ лъэщкIи зэщIэузэда биидзэм. ИгъащIэм къэмыхъуа лIыхъужьыгъэхэр зэрахьэрт, нэгъуэщI Iэмал щамыIэжым деж лагъымхэр ябгхэм щIапхэрэ танкхэм щIэгъуалъхьэу, я бгъэмкIэ дзотхэр зэхуащIу... АтIэ фашистхэм я гугъащ махуэ бжыгъэкIэ Мэзкуу къащтэну, дуней псом зэхахыу ар ягъэхъыбарат...
Гитлер и унафэр ягъэзащIэу, Германием и дзэ Iэтащхьэхэр зыщысхьыжыртэкъым, зы дзэм адрейр кIэлъыкIуэу Мэзкуу къраутIыпщырт. Мис апхуэдэ пыIэзэфIэхь зэману Мэзкуу деж зауэм щыIухьащ ди хэкуэгъу Иллазаров Исай.
… Зылъэгъуахэм ящIэж 1941 гъэм и щIымахуэр уаеу зэрыщытар. ЩIыIэр градус 50-м щынэс щыIащ, ауэ абы щхьэкIэ зауэ гуащIэхэр зэпыуакъым… Исай зыхэхуа ротэм уэздыгъей мэзым и лъапэм деж зыщигъэбыдат. Япэу зауэм Iухьэ дэтхэнэми хуэдэу, Иллазароври гузавэрт: «Дауэ сыкъыщIэкIыну пIэрэ? ЕмыкIу къэзмыхьащэрэт», - жиIэу. Нэхущым деж къилъэгъуащ абы уэс Iув зытелъ губгъуэшхуэм къыщыхъея бийхэр: танкхэр зэбгъурыту къакIуэрт, лъэсыдзэр абыхэм я ужь итыжт. ЯпэщIыкIэ топышэхэм фиин щIадзащ, итIанэ Iуэхум хыхьащ пулемётхэр, автоматхэр, фочхэр... Шэ зэщIэфием, лагъым къэуэжхэм уэсыр ядэткIурт, щIыр дэгызырт. Ди топхэм танк зыбжанэ якъутащ, итIани, фашистхэм къебгъэрыкIуэн щагъэтыртэкъым, хьэдэ лъэмыж зэрызэтехъуэри кърадзэртэкъым. Сыт хуэдиз фашист зэтраукIат а махуэм! Езым и фочыпэми зы бий ихьакIэт. ПщыхьэщхьэхуегъэзэкIыу бийр икIуэтыжащ... Исай уэсым хэст пщIэнтIэпсыр зрикъуэкIыу, хуабжьу зэрешар зыхищIэу. «КъызэрыщIэкIымкIэ, зауэм уIутыныр лэжьыгъэ хьэлъэщ», - егупсысащ ар, зыкъиIэтыжурэ.
Дыгъэгъазэм Иллазаровыр уIэгъэ хъури зауэм къыIуашащ. УIэгъэщым здыщIэлъым абы щIипщытыкIыжырт къигъэщIа илъэсхэр, и псэукIар. АтIэ абы и ныбжьыр илъэс тIощIым зэрыщхьэдэхрэ куэд щIакъым. Илъэгъуаишхуи щыIэкъым, итIани IэфIу игу къигъэкIыжын иIэт: школыр, комсомолыр, егъэджакIуэхэр, дунеяплъэ ежьа пионерхэм мафIэшхуэ зэщIагъэстрэ и хъуреягъым къыщыфэу, щыджэгухэу зэрыщытар.
«Нэхъ пасэу балигъ сыхъуащэрэт», - жиIэу къэхъуащ. 1934 гъэм ебланэ классыр къиухри вакъэ щащI фабрикэм лэжьэн щыщIидзащ, комсомолым абы щыхыхьащ. Нэхъ иужьыIуэкIэ Исай шоферу щIакхъуэ гъэжьапIэм щолажьэ. Илъэс пщыкIуийм иту фыз къешэ. Надярэ абырэ зы бын зэдагъуэтауэ зауэр къэхъеящ.
И анэмрэ и щхьэгъусэмрэ кърагъэжьащ. И анэм ерагъкIэ зиIыгът. «Гъуэгу махуэ, си щIалэ, уи щхьэр хъумэ», - жиIэу зригъэзэкIыурэ и нэпсхэр щIилъэщIыкIырт. Сабийр зи Iэблэм тес Надя и нэпсхэр игъэпщкIуртэкъым. «Ди щIалэ цIыкIум и хьэтыркIэ зыхуэсакъыж... Зыхуэсакъыж». Иджыри къэс а псалъэхэр и тхьэкIумэм итщ, и щхьэгъусэм и макъыр щыгъупщэркъым... ИтIанэ ар щыгъуазэт Надя бын етIуанэм зэрыпэплъэм. Абыи иригузавэрт. «Аргуэру зы къахэхъуамэ, дауэ я Iуэху ехъулIэрэ?» - жиIэу. Ауэ унэм къикIыу япэ письмор къыIэрыхьа нэужь и гур зэгъэжащ. Зэнысэзэгуащэм къатхырт абы етIуанэ щIалэ цIыкIур къызэрыхуалъхуар, Владимир зэрыфIащар, къэралыр къазэрыдэIэпыкъур.
Езыми письмокIэ яхуиIуэхуащ Москва зыхъумэхэм зэрахэтыр, бийр куэд мыщIэу зэрызэхакъутэнур. «Мы кIуэцIрыхун фашистхэм зэ датевгъакIуэ, итIанэ нэзгъэзэжынщи, дефIакIуэу дыпсэунщ», - апхуэдэу иухырт и тхыгъэр...
Узыншэ зэрыхъужу ар зауэм Iухьэжащ. Москва деж щикIуэтыжа бийм иджыри и къару илът, иджыри зауэр къихьэхун и гугъэт. Зы къали, зы къуажи, зы псы зэпрыкIыпIи къигъанэртэкъым лъы имыгъажэу. Ауэ зи Iэщэми зи цIыхуми хэхъуэ советыдзэр абы къыхузэтегъэувыIакъым. ЕбгъэрыкIуэхэм яхэту Иллазаровми зауэм и гъуэгуанэ хьэлъэр километр миным щIигъукIэ икIуащ, зэуащ, лIыгъэ къигъэлъагъуэу. Бийм щысхь хуиIакъым. Белоруссием щызауэу Исай и бгъэм къыхалъхьащ ЩIыхь орденым и ещанэ нагъыщэр.
... Витебск лъэныкъуэмкIэ ди дзэр ямыгъэкIуэну фашистхэм зыхъумэжыпIэ лъэщхэр яухуат. Бийм нэхъ зыщигъэпхъашэ щIыпIэ гуэр къищтэну сержант Иллазаровыр зыхэт ротэм къалэн къыщащI. А щIыпIэм ебгъэрыкIуэну ротэр йожьэ. Ауэ фашистхэр зыдэс щIытIхэм нэсыным къэнэжа щымыIэу, топхэмрэ пулемётхэмкIэ бийр къахэуэу щIедзэ. Ди зауэлIхэм щIым зыхаубгъуэ. Ротэм и командирыр къаукIащ, Iуэхур хэплъэгъуэ мэхъу. Я щхьэр кърамыгъэIэту бийм шэр къатрегъэлъалъэ. Исай и щхьэр къыдрехьейри зеплъыхь... Зы дакъикъэ дэкIыжмэ, псори Iисраф зэрыхъупэнур къыгуроIуэ. «ЛIэнми лIыгъэ хэлъщ», - жеIэри зыкъеIэт.
272-нэ гвардие полкым и командир, подполковник Пешков зэритхыжамкIэ, а зауэр мыпхуэдэу екIуэкIащ:
«… Мыхьэнэшхуэ зиIэ а дакъикъэм, шэхэр къызэрелъэлъэхым хуэдэу, Иллазаров Исай зыкъиIэтащ, хьэуэ, зыкъиIэтакъым, автомат гъэпкIар иIыгъыу къыщылъэтри, кIиящ: «ЯпэкIэ, ди Хэкум папщIэ!» Бийр здэщыIэмкIэ илъащ... Иллазаровым зимыгъэгувэу командир къалэныр и пщэм дилъхьэжат, бийм зэpaтeкIуэнyp я фIэщ ищIри, зауэлIхэри зригъэдэIуащ. И щхьэкIэ лIыхъужьыгъэшхуэ къигъэлъагъуэу, дзэ пакIэм унафэ тэмэм зэрыхуищIыфыр къигъэнаIуэу япэкIэ илъащ. Шынэ зымыщIэ Иллазаровыр япэ итщ, абы тегушхуэныгъэшхуэ хэлъу къызэщIиIэтэри, ди зауэлIхэр, шэр бийм трагъэлъалъэу, абы и щIытIхэмкIэ зэрехьэжьащ. Иллазаров хахуэр зауэлIхэр щIыгъуу щIытIхэм нэсащ. Шэм къела нэмыцэхэр IэпщэрыбанэкIэ зэтраукIэурэ, япэ зыхуэза щIытIыр къызэранэкIащ. Абдежым Иллазаровым унафэ ещI, яхэщIыр яхэщIу, бийм и ужьыр хун хуейуэ. АбыкIи нэрылъагъу ещI зауэм и Iэмал щIэуэ къежьахэм фIыуэ зэрыщыгъуазэр…»
АдэкIэ полкым и командирым итхырт Иллазаровым и сэбэпкIэ Карташи къуажэр къызэращтар, бийм и зэуапIэ IэнатIэр зэпрытхъа зэрыхъуар, а зэхэуэ гуащIэхэм Иллазаровым и IэкIэ фашист куэди зэрыщыхигъэщIар.
ЗауэлI хахуэм хуэфащэ гулъыти къыхуащIыжащ - 1945 гъэм гъатхэпэм и 24-м дунейм къытехьащ ар Совет Союзым и ЛIыхъужь зэрыхъуамкIэ унафэр. Ауэ Иллазаровыр абы щыгъуэ псэужакъым - латышхэм я щIыналъэр хуит къэзыщIыжхэм яхэту 1944 гъэм фокIадэм и 6-м къаукIащ. Ар щыщIалъхьащ зауэлIхэм я кхъэу Баускс къалэм щыIам.
Налшыкдэсхэм ягу ихуркъым я хэкуэгъу лIыхъужьыр. ЯгъэлъапIэ, яIэт абы и пщIэр. Иллазаровыр зыщеджа епщIанэ курыт еджапIэм зэрехьэ абы и цIэр. Налшык щыIэщ Иллазаровым и цIэр зезыхьэ уэрами. Ригэ, Минск, Налшык къалэхэм Хэку зауэшхуэм теухуауэ къыщыдэкIа тхылъхэм Исай и гъащIэм, зэрихьа лIыхъужьыгъэм ятеухуа тхыгъэхэм укъыщеджэнущ.
Илъэсхэр макIуэ, гъащIэми зэхъуэкIыныгъэ Iэджэ къыщохъу, ауэ Хэкум зыщигъэгъупщэркъым Иллазаровым хуэдэ и бын пажэхэр, гузэвэгъуэ махуэр къыщысым лъахэм зи гъащIэр щхьэузыхь хуэзыщIахэр. Абыхэм я фэеплъ щIыпIэхэм яхьыну удз дахэхэр сыт щыгъуи мэгъагъэ.
Пщыхьэщхьэ къэс
Налшык пединститутым къыщыдеджахэми, иужькIэ дзэм къулыкъу къыщыдэзыщIахэми Оганьянц Грант нэмысышхуэ, хьэл-щэн дахэ зыхэлъ щIалэу щытауэ ягу къагъэкIыжырт - гупыр игъэгупыфырт, ныбжьэгъур игъэпэжыфырт, езым и щхьэм темылъ трилъхьэртэкъым, ауэ зыми шыбгъэ зыкърыригъэлъхьэнутэкъым.
Спортыр фIыуэ илъагъурт. Ар яхэтащ 1937 гъэм кхъуафэжьейхэмкIэ Тэрч техьэу псы гъуэгу защIэкIэ Мэзкуу нэса цIыхуиблым. Упелуану, гушхуи пкIуэцIылъу ущытын хуейт Тэрчрэ Каспий тенджызымрэ къызэбнэкIыу, иужькIэ Индыл утехьэу, ар зи кIыхьагъым кхъуафэжьейкIэ удэсеин щхьэкIэ. ИкIи дэсеяхэщ. Мэзкууи гуапэу иригъэблэгъащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэхэр...
Институт нэужьым Оганьянцыр Дзэ Плъыжьым къулыкъу щищIэну ираджэ. Къэрал гъунапкъэм пэгъунэгъу Береза-Картусскэ къалэм къулыкъу щищIащ. Нэхъ иужьыIуэкIэ Брест и гъунэгъуу лъэсыдзэм зыщегъасэ. Зегъасэ Iэщэми хуэIэижьу. Унэм къигъэхьауэ щыта письмохэм ящыщ зым абы щетх: «Нобэ гъэунэхупIэ сихуащ - япэу къэрэгъулым сыщыIащ. ФокIадэм и 5-м нэщанэ еуэнымкIэ дыкъапщытати, фочкIэ къибуд хъуну бжыгъэ 30-м щыщу 30-р къизудащ. Пулемётри фIы дыдэу згъэуащ ...».
Куэтэншы Хьэмидрэ Грантрэ зы полк хэтащ. Полкым и еджапIэри къыздаухащ. Абыхэм ныбжьэгъу къахуохъу Логвинов Иван. Абы игу къигъэкIыжырт: «Институт къэзыуха Хьэмидрэ Грантрэ къулыкъур къатехьэлъакъым. НыбжьэгъуфI схуэхъуа а щIалэхэм сэри сащIыгъуу, илъэсым дджынур мазитIым зэдгъащIэри, щыри училищэ дыщIагъэтIысхьащ...»
А еджапIэм щагъэхьэзырхэм къахэкIын хуейт кхъухьлъатэзехуэ дзэхэм папщIэ политлэжьакIуэхэр. Кхъухьлъатэм епха Iуэху псори - ахэр зэрызэпкърылъым деж къыщыщIэдзауэ зыгъэлъатэ, къэзыгъэтIысыж IэмэпсымэхэмкIэ иухыу - зрагъэщIэну я къалэнт. ИкIи зрагъэщIат. Ауэ училищэр зауэм къаригъэухакъым. Абы зэпэIэщIи ищIащ.
... Лейтенант Оганьянц Грант занщIэу зауэм ягъэкIуакъым. Абы щыгъуэм дзэр нэхъ зыхуэныкъуэ танкист IэщIагъэм хурагъэджащ.
ЕпщыкIузанэ къэзакъ шу дивизием и 71-нэ танк полкым хэту Грант зауэм Iуохьэ. Взводым и командиру къыщIидзэри, танк ротэм и унафэщI хъуауэ щытащ.
Оганьянц и взводыр сыт щыгъуи нэхъ пэрытхэм, ебгъэрыкIуэхэм ящIыгъут. Шууейхэм я гъащIэр ихъумэу езым Iэджэрэ шэпэIудз зищIащ.
... Ар къыщыхъуар Кальмиус псы зэпрыкIыпIэм дежщ. АдрыщI ныджэр зыIэщIэлъ бийм и топхэмрэ пулемётхэмкIэ шу гуп къызэрыкъуэххэм яхэуэурэ хьэлэч зэтрищIэрт. Уанэгу пцIанэ хъуа шыхэр щыщу губгъуэм илъэдэжхэрт. Абы щыгъуэм ди танкхэм сытыт ящIэр? ЕбгъэрыкIуэну хуежьэрт, ауэ утыку пцIанэм зэрынэсу топышэхэмрэ лагъымхэмрэ къатещащэу щIадзэрти, къимыкIуэтыжу хъуртэкъым.
Грант лъэныкъуэкIэ бийм къыпикIухьыну хуожьэ, ауэ зэпрыкIыпIэ игъуэтыркъым. Toпым къыхиудауэ гъуэгум телъ псей жыгыжьхэм зэуэ гу лъетэ. ПсынщIэу танкым къолъэ, и гъусэхэр зэщIегъэуIуэри, псым зэпрыууэ жыгитI трелъхьэ. ИкъукIэ дзыхьщIыгъуэджэт абы утехьэну, уецIэнтхъуэхыу къуэм укъыдэнэнкIи хъунут, ауэ танкист хахуэр къикIуэтакъым - езыр псом япэ зэпрыкIащ. Ныджэ лъагэм щыдригъэзейм, абы кIэлъыплъу щытахэм я псэр IукIат. Къэхъуар сытыт? Жыг лъэдакъэр гусеницэ ижьым къыкIэщIэщэтри, танкыр ещIащ, ауэ зэуэ илъри, лъагапIэм щхьэдэхащ.
Адрей танкхэр апхуэдэ мыл тримыгъэхьэныр нэхъ къищтэри, Грант езым еймкIэ километр зыбжанэкIэ зызыукъуэдия биидзэм и щIыб дыхьащ. Псом япэу абы яхуиунэтIащ зэпрыкIыпIэм еуэ топхэмрэ пулемётхэмрэ.
... МыдэкIэ ди генералыр нэрыплъэкIэ плъэуэ зы Iуащхьэ гуэрым тетщ, радистми унафэ хуещI: «Полкым и командирхэм яжеIэ зэкIэ ебгъэрыкIуэн щагъэтыну... Пщэдей кхъухьлъатэхэр къедджэнщ. Зэт, зэ увыIэт... Сыт мобыкIэ къыщыхъур?»
ИкIи игъэщIагъуэу генералым егъэунэху зэпрыкIыпIэм къеуэу щыта топхэм «я жьэр» зэраубыдар. Нэмыцэхэр икIуэтрэ?.. Хьэмэрэ?.. Ар и нэм щIоIуэтыхь, аргуэру нэрыплъэр зыIуелъхьэж. Я Iэхэр Iэтауэ зы нэмыцэ гуп цIыкIу псыхъуэм къызэрыдэхуащ, ахэр ди танк гуэрым къеху.
Генералым унафэ ещI шуудзэр псынщIэу ебгъэрыкIуэну.
А щIыпIэм щызэрихьа лIыхъужьыгъэм папщIэ Оганьянц Грант 1943 гъэм и фокIадэм къратащ Хэку зауэ орденым и етIуанэ нагъыщэр.
Езы Грант абы щыгъуэ унэм итха письмом мыпхуэдэу укъыщоджэ: «Дыздежьа лъэныкъуэмкIэ щыдокъутэкI. Мыбдежым зы гупыфI цIыкIу щыхэгъэщIэн хуейщ, ди гъуэгур хуит хъун папщIэ. Иужьрей зэманым бийм я курыкупсэм дыщыхыхьэф къохъу икIи фашистхэм я нэкIухэр шынэм зэкIэщIишауэ долъагъу. АпхуэдизкIэ я гур идохри, автомат дыдэр яхуэмыгъэуэжу мащтэ. Зэгуэрым, сытегушхуэри, танкым зыкъисшиикIащ икIи автоматкIэ сахэуэу щIэздзащ... Апхуэдэм деж зэбгрожхэр, я Iэхэр яIэтурэ. «Фу, цIыхумэ», жызыIэу щыта фашистхэр аракъэ къызэрынэжар?..»
Абы и ужькIэ Грант хэтащ Днепр зэпрыкIыу Корсунь-Шевченкэ деж бийр къыщызыухъуреихьахэм.
1944 гъэм и гъатхэм къэзакъ шуудзэр Карпат къуршхэм къыщыхутащ.
Карпат бгы лъапэхэм деж щыщIидзащ гъэмахуэ псом екIуэкIа зауэ гуащIэм. ЛъэныкъуитIри ебгъэрыкIуэну хэту, ауэ зыр адрейм пэмылъэщу куэдрэ зэрыудынахэщ. Абдежым бийм и Iуэху щынэхъыфIт: зыхъумэжыпIэ ищIа зы щIыпIэм икIмэ, къыкIэлъыкIуэ быдапIэхэри и хьэзырт. ЗэрикIуэта щымыIэу ди дзэхэм къапэтIысыжырт. Апхуэдэ зэуэкIэм ди сэбэп зэрыхэмылъыр къызыгурыIуэ ди дзэ Iэтащхьэхэм унафэ ящI бийм кIэщIу и ужь иту ебгъэрыкIуэн хуейуэ.
Ротундэ-Ажюдень щIыпIэхэм пэгъунэгъуу Серет ущызэпрыкIыныр Iуэху гугъут. Бийм къуршылъэ щIыпIэр хъарзынэу къигъэсэбэпырт. А псым нэсмэ, ди дзэхэр нэщанэуапIэ хъун хуэдэу и дзэр къигъэтIысат икIи ди танкхэр гъунэгъу зэрыхъуу и топхэмрэ миномётхэмкIэ къэуэн щIидзащ. Ротэм и унафэщIым къыгурыIуэрт абдеж зыщралъэфыхьмэ, хэщI зэраIэнур. ЕбгъэрыкIуэу мыдрей ди дзэхэр къекIуэлIэху псы зэпрыкIыпIэр иубыдыну мурад ещI. «СыкъаукIынщ» жиIэу мышынэу езыр хохьэри, псым и кууагъри къепщытэ.
Фашистхэм я пщIыхьэпIэ къыхагъахуэртэкъым а дзэ пакIэ цIыкIум къарикуну. Зэуэ танкхэр къуэгъэнапIэхэм къызэрыкъуэхри, шэр къазэрытелъалъэм хуэдэу, зэрехьэжьауэ псым зэпрокIхэр. Нэмыцэхэр икIуэту хуежьащ. Асыхьэтым къекIуэлIа ди лъэсыдзэри танкхэм яужь иуващ. АрщхьэкIэ кIуэ пэтми нэхъ хьэлъэ хъурт къуршылъэ щIыпIэм танккIэ ущызэуэну. 1944 гъэм шыщхьэуIум и 26-м капитан Оганьянц и ротэр зауэ гуащIэ хэхуащ. Лагъымхэр зыщIалъхьа, быдапIэ лъэщу иращIэкIа щIыпIэр къызэнэкIын хуейт. Абы унафэ ещI топхэмкIэ еуэурэ кIуэцIрыкIыпIэ пхракъутыкIын хуейуэ. Апхуэдэуи ящI. Езыр зэрыс танкыр япэ иту дэкIыпIэмкIэ яунэтIри, бий къапэтIысахэр ирахужьэ.
Шэджагъуэ нэужь хъуауэ ахэр нэсащ фашистхэм ягъэхьэзыра «лагъым губгъуэм». Капитаныр и танкым къикIащ щIыпIэм еплъыну. ЩIым теува къудейуэ шэ фий макъ къэIуащ. Командирыр ещIащ.
Ротэм хэтхэм ар бийм хуагъэгъуакъым. Я танкхэм итIысхьэжхэри ахэр ежьащ фашистхэр зэтраукIэу, зэтрапIытIэу. Иджы ахэр къэзыгъэувыIэжын къару щыIэтэкъым.
ЦIыхухэм, хэкум я хуитыныгъэм щIэбэну дунейм ехыжа щIалэ хахуэм къыхуагъэфэщащ Хэкум и дамыгъэ нэхъ лъапIэ дыдэр - 1945 гъэм гъатхэпэм и 24-м абы къыфIащащ Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэ лъапIэр. Ноби ЛIыхъужьыр Хэкум щыгъупщэркъым. Абы зэрихьа хахуагъэм ди щIэблэр щыгъуазэ ящI, Грант я щапхъэу къагъэтэдж. 1966 гъэм СССР-м зыхъумэжыныгъэмкIэ и министрым и унафэкIэ Оганьянц Грант игъащIэкIэ хэтыну танкыдзэ гуэрым хатхащ. Абы къикIыращ: пщыхьэщхьэ къэс танкист сатырхэм хэтхэр ябжыну щыщIадзэкIэ, Грант и унэцIэр псом япэу къраIуэ. АбыкIэ жаIэну зыхуейращ: «Оганьянц Грант иджыри къулыкъу ещIэ».
ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "739.txt"
} |
Дунейпсо адыгэ вагъуэхэр
(КIэухыр. ПэщIэдзэр дыгъэгъазэм и 5-мрэ и 7-мрэ къыдэкIахэм итщ).
Ещанэ Iыхьэ. ЩIы хъурейм щытепщахэр
Бильге зэкъуэшхэр
Газанфер (бэнэкIэ хуит)
Олимп чемпион - 1948
Зафер (бэнэкIэ хуит)
Дуней псом и чемпион - 1951
Европэм и чемпион - 1946
Абазэ лъэпкъым къыхэкIащ Бильге зэтIолъхуэныкъуэхэу Газанферрэ Заферрэ. Я анэр адыгэ бзылъхугъэщ. Ахэр игъэсащ бэнакIуэ цIэрыIуэ, Олимп чемпион Догу (ГъукIэ) Яшар икIи ехъулIэныгъэ инхэр дунейпсо утыкум щаIащ.
1948 гъэм Лондон щекIуэкIа XIV гъэмахуэ Олимп Джэгухэм килограмм 62-м нэс зи хьэлъагъхэм я деж Газанфер дыщэ медалыр къыщихьащ, Швецием икIа Шелинрэ Швейцарием щыщ Мюллеррэ иужь зэIущIэхэм щыхигъащIэри.
Зафер 1946 гъэм Стокгольм Европэм и чемпион щыхъуащ. Илъэсищ дэкIри, зи хьэлъагъхэр нэхъ мащIэ дыдэхэм я деж дуней псом тепщэныгъэр Финляндием щекIуэкIа зэхьэзэхуэм щиубыдащ, хэгъэрейхэм я пелуан Руикку финалым щытридзэри.
КъищынэмыщIауэ, зэкъуэшитIри куэд дыдэрэ Тыркум и чемпион хъуащ икIи лъэужь дахэ бэнэкIэ хуитым къыщагъэнащ.
Ючел (Бидэнокъуэ) Тевфик (бэнэкIэ хуит, алыдж-урым бэнэкIэ)
Дуней псом и чемпион - 1951
Европэм и чемпион - 1949, 1956, 1957
БэнэкIэ хуитри алыдж- урым бэнэкIэри Iэзэу къэзыгъэIурыщIахэм ящыщщ Ючел (Бидэнокъуэ) Тевфик. Тыркум хыхьэ Къарэ-Пынар къуажэм 1927 гъэм къыщалъхуащ. И ныбжьыр илъэс 17-м иту Анкара кIуэри, спортым ерыщу зыщыхуигъэсащ. ЯпэщIыкIэ бэнэкIэ хуитымкIэ Тыркуми, Европэми, дуней псоми я чемпион хъуащ. КъыкIэлъыкIуэу алыдж-урым бэнэкIэм зритыжри, Европэм тIэунейрэ тепщэныгъэр щиубыдащ. 1952 гъэм екIуэкIа Олимп Джэгухэм жэз медалыр щызыIэригъэхьащ.
ЛIыцэр (Тлецери) Хьэзрэт (дзюдо)
Дуней псом и чемпион - 1983
Континентхэм я кубокыр къихьащ - 1985, 1986
Европэм и чемпион - 1982, 1983, 1984, 1985
СССР-м дзюдомкIэ и чемпионатым, Минск щекIуэкIам, 1981 гъэм япэ дыдэу щытекIуэри, килограмм 60-м нэс зи хьэлъагъхэм я деж ЛIыцэр Хьэзрэт къэралым къыщыпэлъэщын къыкIэлъыкIуэ илъэс зыбжанэм къэралми, Европэми, уеблэмэ дунейми тетакъым. СССР-м тепщэныгъэр щыщиубыда иужькIэ, къыкIэлъыкIуэ илъэсхэм ар Европэми дунейми щынэхъ лъэщащ. Псом хуэмыдэу гуимыхужт Континентхэм я кубокым щыщIэбэнар. Европэм и командэ къыхэхам хэту, ар япэщIэтащ Азием, Америкэ Ипщэмрэ Америкэ Ищхъэрэмрэ, Африкэм я дзюдоист нэхъыфIхэм икIи 1985, 1986 гъэхэм ахэр хигъэщIащ.
Адыгейм хыхьэ Къэзаныкъуей къуажэм къыщалъхуа щIалэм къызыхэкIа лъэпкъым и пщIэр сыт щыгъуи лъагэу иIэтащ. Зэхьэзэхуэ инхэм зэрыщытекIуам къищынэмыщIауэ, ар СССР-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастерщ, Европэм дзюдомкIэ и зэгухьэныгъэм и дыщэ медалыр зыхуагъэфэща закъуэтIакъуэхэм ящыщщ.
Хьэсанэ Мурат (самбэ)
Дуней псом и чемпион - 1994, 1995, 1998 - 2006
Европэм и чемпион - 1993 - 1996, 1998
Адыгейм и Куэшхьэблэ щIыналъэм къыщалъхуа Хьэсанэ Мурат самбэмкIэ зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэм хуэдиз зиIа ЩIы хъурейм щыIэкъым: дуней псом 11-рэ и чемпион хъуащ, Дунейпсо кубокыу 8 къихьащ, Европэм 5 щытекIуащ, 19-рэ къэралым дыщэр щызыIэригъэхьащ. Илъэс пщыкIутхум щIигъукIэ Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам и капитану щытащ. 1993 - 2006 гъэхэм абы самбэмкIэ къэралми дунейми къыщыпэлъэщын щыIакъым.
Спортым хэкIыжа иужькIэ къэрал, жылагъуэ лэжьыгъэшхуэ иригъэкIуэкIащ. Адыгэ Республикэм физическэ щэнхабзэмрэ спортымкIэ и комитетым и унафэщIу щытащ, Урысей Федерацэм и Къэрал Думэм и депутатщ.
Махуэ Билал (бэнэкIэ хуит)
Дуней псом и чемпион - 2007, 2009, 2010
Европэм и чемпион - 2010
Инджылызми (2012) Бразилиеми (2016) щызэхэта Олимп Джэгухэм Махуэ Билал щыIащ. БэнэкIэ хуитымкIэ абы къыпэлъэщын дуней псом зэрытемытыр наIуэт. АрщхьэкIэ спортым езым и хабзэ пыухыкIа иIэжщ - утыкум ущит дакъикъэхэм уи зэфIэкI псори къызыкъуэпхыу уи хьэрхуэрэгъур хыумыгъэщIэфмэ, абы и пэкIэ уиIа ехъулIэныгъэ псоми мыхьэнэ яIэкъым.
2008 гъэм Пекин щекIуэкIа Олимп Джэгухэм хэтыну Махуэ Билал хузэфIэкIакъым. И щхьэусыгъуэр псоми ящIэж - абы и пэ къихуэ зэхьэзэхуэм Красноярск щыхэту щхъухь къызэрырахьэлIарщ. И узыншагъэр зэфIэувэжа иужькIэ, дунейпсо, Европэ, къэрал чемпионатхэм щытекIуат, иджы Лондон Олимпиадэм ерыщу зыхуигъэхьэзырат. Псоми жаIэрт Билал «дыщэр» и Iэрылъхьэу. АрщхьэкIэ финалым и Iыхьэ ныкъуэм хьэрхуэрэгъу къыщыхуэхъуа куржы Модзманашвили Давид къыхигъащIэри, Олимп лъагапIэм зэрыхуэкIуэ гъуэгум къытригъэкIуэтащ. АдэкIэ къэнэжыр жэз медалым щIэбэнынурати, Билал ещанэ увыпIэр къихьащ.
Нэхъ гущIыхьэжт 2016 гъэм Рио-де-Жанейрэ къыщыхъуар. Зэман кIыхьым ерыщу Олимпиадэм зыхуэзыгъэхьэзыра Махуэ Билал япэ дыдэ зэIущIэм къыщыхагъэщIащ.
Олимп Джэгухэм къыщыщыщIа щIэщхъу псоми кърагъэкIуэтакъым адыгэ пелуаныр. Махуэм и къару псори ирехьэлIэ къыкIэлъыкIуэ Олимп Джэгухэм хуэфащэу зэрыхэтыным. Абы и мурад быдэщ Олимп чемпион мыхъуауэ спортым хэмыкIыжыну икIи щэнейрэ дуней псом зэрыщытекIуар, зы дакъикъи емыгупсысу, а Iуэхугъуэм пигъэувынт. 2020 гъэм Токио (Японие) щекIуэкIыну Олимпиадэр Махуэ Билал и гугъэ псори зэпхащ. Тхьэм къригъэхъулIэ!
Жыласэ Заурбэч.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "74.txt"
} |
Бахъсэндэсхэм я жэрдэмкIэ
«Адыгэхэм я махуэр Бахъсэн районым и къуажэхэм фокIадэм и 20-м щагъэлъэпIэнущ, къыкIэлъыкIуэ щэбэт махуэм Налшык и ипподромым Бахъсэн район муниципалитетым и жэрдэмкIэ шыгъажэшхуэ щрагъэкIуэкIынущ», - къыщыхигъэщащ район администрацэм и Iэтащхьэ Балъкъыз Артур щIыналъэм и унафэщIхэмрэ къуажэхэм я Iэтащхьэхэмрэ я зэIущIэм.
Къызэхуэсахэм зэпкърахащ иджыпсту къэув къалэн нэхъыщхьэхэр: бюджет ахъшэр къызэрагъэсэбэпыр, мэкъумэш щIапIэхэр бэджэнду зэратым пэкIуэ ахъшэр къызэрыхахыр, къуажэхэр зэIузэпэщ зэращIыр.
Апхуэдэу къабзагъэм теухуа мазитI лэжьыгъэм кърикIуахэр къапщытэжащ. Абы ипкъ иткIэ япэ увыпIэр Бахъсэнёнкэ къуажэм, етIуанэ увыпIэр - Куба, ещанэр - Жанхъуэтекъуэ къуажэм хуагъэфэщащ, жылагъуэхэр зэIузэпэщ щIыным трагъэкIуэдэн папщIэ абыхэм яубыда увыпIэхэм елъытауэ сом мини 100, сом мин 60, сом мин 40 иратащ.
Чылар Аринэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "740.txt"
} |
Абхъазым макIуэ
Лъэпкъ Iуэху
«Абхъаз лъэпкъым и хэку зауэшхуэм и ветеранхэр» жылагъуэ зэгухьэныгъэм хэтхэм я мурадщ дяпэкIэ нэхъ жыджэру лэжьэну. Мазэ зыбжанэ ипэкIэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэу хахащ Щэрдан Тимур. Ди республикэм щыщу Куржы-абхъаз зауэм хэтахэр нэхъ щIэх-щIэхыурэ зэIуагъэщIэнущ, Абхъазым и утыкум, абы ит фэеплъым я мыхьэнэр ди цIыхубэм яIэщIэмыгъэхуным, щIалэгъуалэр хэкупсэу къэгъэхъуным хуэунэтIа Iуэхухэр зэфIагъэкIынущ абы хэтхэм.
Хабзэ зэрыхъуам тету, а зауэм хэта ди щIалэхэм я адэ-анэхэр фокIадэм и 19-м Абхъазым зыгъэпсэхуакIуэ яшэнущ. «Абхъаз лъэпкъым и хэку зауэшхуэм и ветеранхэр» жылагъуэ зэгухьэныгъэм хэт Къэгъэзэж Заур къызэрыджиIамкIэ, адэ-анэхэр илъэс къэси Апсным ирагъэблагъэ. Мы гъэм абы кIуэнущ нэхъыжь 30-рэ ветеран 15-рэ. Абыхэм тенджыз ФIыцIэ Iуфэм зыщагъэпсэхунущ, ТекIуэныгъэм и махуэм иращIэкIыну гуфIэгъуэ дауэдапщэхэм хэтынущ.
- ФIыщIэ хуэтщIыну дыхуейщ ди республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек. Абы Абхъазым дызэрыкIуэну автобусыр тхухихащ. АдэкIэ дызыхуеину псори дезыгъэблэгъа лъэныкъуэм я Iуэхущ, - къыддогуашэ Заур.
«Абхъаз лъэпкъым и хэку зауэшхуэм и ветеранхэр» жылагъуэ зэгухьэныгъэм дяпэкIэ я лэжьыгъэр зытеухуауэ щытынухэм я гугъу пщIымэ, абхъаз-адыгэ зэпыщIэныгъэр, зэкъуэшыгъэр гъэбыдэным иужь итынущ. Абхъазым зы Iуэхуи щекIуэкIыркъым я къуэш адыгэхэр, гузэвэгъуэ щыхэхуам якъуэува зауэлIхэр, хэмыту, дяпэкIи зэкIэлъыкIуэну я мурадщ. Апхуэдэуи зэгухьэныгъэм хэтхэр иджыблагъэ Доброволецхэм я махуэм хэтащ, иджы ТекIуэныгъэм и махуэр щагъэлъапIэм ирихьэлIэу кIуэнущ.
Къэбарт Мирэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "741.txt"
} |
Дунейм щыхъыбархэр
Къэралищым я унафэщIхэм я зэIущIэ
УФ-м и Президент Путин Владимир Тыркум и къалащхьэ Анкара щыIущIащ Иранымрэ Тыркумрэ я Iэтащхьэхэу Рухани Хьэсэнрэ Эрдоган Тайип Реджепрэ.
Къэрал лIыщхьэхэр тепсэлъыхьащ илъэс зыбжанэ хъуауэ къэрал куэд зыгъэпIейтей Iуэхум – Сирием щыIэ щытыкIэм. Абыхэм нэхъ зытрагъэщIар а щIыналъэм шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщынырщ, зауэм хэкIыу щтапIэ ихьэжахэм защIэгъэкъуэнырщ, къэралым псэукIэр щызэтеухуэжынырщ.
«Зауэр къызэрыхъейрэ, гузэвэгъуэ хэхуахэм защIэгъэкъуэным хуэунэтIауэ нэхъыбэ дыдэ зылэжьахэм, нэхъыбэ зи пщэ дэзылъхьэжахэм ящыщщ Урысейр, Тыркур, Ираныр. Террористхэм я залымыгъэм цIыхухэр щыхъумэным теухуа гугъуехь нэхъыбэ зытещIар ди къэралхэрщ. Иджыпстуи мыхьэнэшхуэ иIэщ ди зэдэлэжьэныгъэм - а къэралым щыпсэухэр мамыр гъащIэм хэтшэжыну къытщогугъ дэ, - къыхигъэщащ УФ-м и Президентым. - Дызэгъусэу и кIэм нэдгъэсащ Сирием и Конституцэ комитетыр къызэгъэпэщыным теухуауэ нэхъ пасэу дызытепсэлъыхьауэ щыта Iуэхур. Иджы хуэсакъыпхъэщ абы хэтхэм зыми теIэпхъэ къамыщIу лэжьэну Iэмал яIэным. Къэралым щытыкIэр зэтес щыщIыжынымкIэ а органым къыпхуэмылъытэным хуэдизу мыхьэнэшхуэ иIэщ».
Мы гъэм и щIышылэм Сирием теухуауэ Сочэ щекIуэкIа дунейпсо зэхуэсым и гугъу щащIауэ щытащ а къэралым и Конституцэ комитет къызэгъэпэщыным и Iуэхум. Сирием и къэрал ухуэкIэр иубзыхуну зи пщэ дэлъ а органым и къалэнхэр гъэзэщIэныр кIыхьлIыхь мыхъуну мэгугъэ къэрал унафэщIхэр.
«Иджы абы и лэжьыгъэр Женевэ нэхъ псынщIэу щрагъэжьамэ арат. Комитетым хэтыну псори убзыхуа щыхъуакIэ, зи чэзу Iуэхур аращ», - къыхигъэщащ Путиным.
Путиным, Рухани, Эрдоган сымэ гулъытэ хэха хуащIащ террористхэм мы зэманым хэщIапIэ яхуэхъуа Идлиб провинцэм теухуа Iуэхум.
- Сирие Хьэрып Республикэм и щIыпIэ куэдым цIыхухэм мамыр псэукIэр щызэтраухуэжу, къэрал къулыкъущIапIэхэр, еджапIэхэр, тыкуэнхэр, сабий IуэхущIапIэхэр къыщызэIуахыжу хуежьами, Идлиб къикIыурэ цIыху мамырхэм я мурадхэр къызэпауд. Абы кIэ игъуэтын хуейщ, - къыхагъэщащ къэрал унафэщIхэм.
Кърым Республикэм и цIэр яхъуэжыну къыхалъхьэ
Кърымым и правительствэм диIыгъащ республикэм и цIэр хъуэжыным теухуауэ республикэм щыпсэу алыджхэм къыхалъхьа жэрдэмыр.
Илъэс куэдкIэ узэIэбэкIыжмэ абы зэрихьэу щыта «Таврида» цIэр иджыпсту щIыналъэм зэреджэ Кърым Республикэ фIэщыгъэм щIыгъунырщ а Iуэхур къыхэзылъхьахэм нэхъ яфIэтэмэмыр.
Кърымым и вице-премьер, республикэм и лIыкIуэу Урысейм и Президентым деж зэпымыууэ щыIэ Мурадов Георгий къелъытэ а жэрдэмым арэзы ущIытемыхъуэн щхьэусыгъуэ щымыIэу, уеблэмэ ар щIыналъэм дежкIэ сэбэпынагъ зыпылъу.
«Сэ сызэреплъымкIэ, мыхьэнэшхуэ иIэщ Тавридэм и алыджхэм ди республикэм и цIэм иджыри зы псалъэ къыпыгъэувэным, абы пасэ зэманым зэреджэу щытар къэгъэсэбэпыным теухуауэ къыхалъхьа жэрдэмым. Абы теухуа унафэр къатщтэмэ, «Кърым Республикэ – Тавридэ» - апхуэдэущ зэрыIунур ди щIыналъэм и цIэр».
Мурадовым къыхигъэщащ УФ-м хыхьэ республикэ зыбжанэм псалъитI-щыуэ зэхэт цIэхэм узэрырихьэлIэр.
«Псалъэм папщIэ, Саха Республикэ (Якутие), Осетие Ищхъэрэ – Алание, нэгъуэщIхэми я цIэхэм пагъэувэжащ пасэ зэманым а щIыпIэхэм зэреджэу щытахэр, - жиIащ Мурадовым, а Iуэху еплъыкIэм щIытригъэчыныхьым теухуауэ. - Кърымым щыпсэухэм а жэрдэмыр къыддаIыгъмэ, республикэм и къэрал властым и унафэщIхэр дыхьэзырщ а Iуэхум дыхэплъэну. КъимыдэкIэ, ижь-ижьыж лъандэрэ щIыналъэм зэрихьа цIэр мыгъэкIуэдыжыным теухуа гупсысэхэр икъукIэ тэмэму къызолъытэ. Ар ди блэкIар тщымыгъупщэным, абы пщIэ хуэтщIыным хуэгъэпсащ».
Республикэм зэреджэр зэхъуэкIыным нэхъ пасэу тепсэлъыхьауэ щытащ алыдж диаспорэм и Iэтащхьэ Шонус Иван. Абы къызэрилъытэмкIэ, республикэм и цIэр зэхъуэкIыныр иджыри зэ щыхьэт техъуэну аращ хытIыгуныкъуэр Урысейм и щIыналъэм зэрыщыщым. «Кърымым и ипщэ щIыналъэм игъащIэми «Таврида»-щ зэреджэу щытар. ХытIыгуныкъуэм пыщIэныгъэ къыхузиIэхэри абы щыпсэухэри курыт лIэщIыгъуэхэм а щIыналъэм апхуэдэут зэреджэр. 1783 гъэм хытIыгуныкъуэр Урысей империем къыгуагъэхьа нэужь, абы и щIыналъэр Тавридэ губерние хъуауэ щытащ», - къыхигъэщащ Шонус, а Iуэхум теухуауэ къыщыпсалъэм.
Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, хытIыгуныкъуэм ТавридэкIэ еджэу щытащ 1919 гъэ пщIондэ. А илъэсым и мэлыжьыхьым Тавридэ губерниер Кърым Совет Социалистическэ Республикэ хъуауэ щытащ.
Иджыблагъэ Кърымым щыIащ Алыджым щыщ лIыкIуэ гуп. Ахэр къызытекIухьа Iуэхуми мыхьэнэ мымащIэ иIэу къалъытэ – «Тенджыз фIыцIэм и Iуфэм щыпсэу алыджхэр» дунейпсо проектым зыхуагъэхьэзыр. А проектым хыхьэу трахынущ Кърымым щыпсэу алыджхэм, урысей-алыдж зэпыщIэныгъэхэм ятеухуа документальнэ фильмхэр.
2020 гъэм и гъатхэм Ялтэ щызэхэтынущ VI дунейпсо экономикэ зэхуэсышхуэр. Абы къыщыхалъхьэну я мурадщ Къалэжьхэм я дунейпсо зэгухьэныгъэ къызэгъэпэщыным теухуа жэрдэмыр.
«Ар къэралым деIыгъ, сыту жыпIэмэ, пасэ зэманым яухуа къалэхэм я Iуэху зезыхуэ зэгухьэныгъэ дуней псом щыIэкъым. Дэ дыхуейщ Кърымымрэ ди гъунэгъу алыджхэмрэ апхуэдэ жэрдэмкIэ дунейпсо утыкум ихьэну», - жиIащ Мурадовым.
Абы къызэрилъытэмкIэ, Iуэхур зэтеубла хъумэ, а зэгухьэныгъэм япэщIыкIэ къэрали I0 – I5-м щыщ къалэхэр къыхыхьэфынут икIи къалэжьхэм я щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр хъумэным гулъытэ хэха игъуэтынут.
Нобэ
♦Псым и фIагъыр къэпщытэным и дунейпсо махуэщ
♦Урысейм щагъэлъапIэ IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэр къыхэхынымкIэ IэщIагъэлIым и махуэр
Азербайджаным и лъэпкъ макъамэм и махуэщ
♦Армением щагъэлъапIэ астрономием и махуэр
♦Ираным щагъэлъапIэ къэжэр литературэмрэ усыгъэмрэ я махуэр
♦1793 гъэм США-м и президент Вашингтон Джордж къэралым и Конгрессым и унэ Капитолийм и лъабжьэр игъэтIылъащ.
♦1810 гъэм Чилир Испанием зэрыхэмытыжыр, ар къэрал щхьэхуиту зэрыщытыр хэIущIыIу ящIащ.
♦1929 гъэм СССР-м япэ комбайнхэр, «Коммунар» зыфIащахэр, къыщIигъэкIыу щIидзащ.
♦1934 гъэм СССР-р Лъэпкъхэм я Лигэм хыхьащ.
♦1947 гъэм США-м ЦРУ-р (тIасхъэщIэх управленэ нэхъыщхьэр) къыщызэрагъэпэщащ.
♦1954 гъэм лажьэу яутIыпщащ Камэ псым тращIыхьа ГЭС-р.
♦1991 гъэм Украинэм и Радэ Нэхъыщхьэм унафэ къищтащ щIыху-гъуэжьыфэу зэгуэлъ ныпыр я къэралым и бэракъыу зэрыщытым теухуауэ.
♦1906 гъэм къалъхуащ шэрджэс тхакIуэ Хьэбэчыр БетIал.
♦1902 гъэм къалъхуащ Иорданием щыщ къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ, Хьэшимит пащтыхьыгъуэм и Парламентым и депутату, Амман къалэм и Iэтащхьэу, Адыгэ Хасэм и тхьэмадэу щыта ЕхъулIэ Исуф.
♦1918 гъэм къалъхуащ совет кхъухьлъатэзехуэ, Совет Союзым и ЛIыхъужь Талалихин Виктор.
♦1932 гъэм къалъхуащ совет космонавт, Совет Союзым тIэунейрэ и ЛIыхъужь Рукавишников Николай.
♦1947 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ артисткэ Мэшыкъуэ Феня.
♦1971 гъэм къалъхуащ опернэ уэрэджыIакIуэ, Урысейм и цIыхубэ артисткэ Нетребкэ Аннэ.
♦1989 гъэм къалъхуащ «Адыгэ пщащэ-2013» дунейпсо зэпеуэм щытекIуа Кукан Бэллэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 25 – 27-рэ, жэщым градус 15 - 17 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Гъунэгъур унэгъущ, къигъунэгъужыр гъунэгъущ.
Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "742.txt"
} |
Дунейм щыхъыбархэр
Абхъазым и дзэр ягъэлъэщын мурадкIэ
Абхъазым IэщэкIэ зэщIэузэда и къарухэм зэхъуэкIыныгъэхэр щегъэкIуэкIынымкIэ, абы и лъэщагъым хэгъэхъуэнымкIэ УФ-р дэIэпыкъунущ. УФ-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм апхуэдэ унафэ хуищIащ къэралым и Президент Путин Владимир.
Абхъаз Республикэм IэщэкIэ зэщIэузэда и къарухэр гъэлъэщыным текIуэдэнумкIэ а къэралым зыщIэгъэкъуэным теухуа зэгурыIуэныгъэр ягъэхьэзырыну, зыхуэфащэ дэфтэрхэр къащтэну къэралым и УнафэщIым пщэрылъ щищIащ УФ-м и МИД-м.
КъэралитIым я зэпыщIэныгъэхэр нэхъри гъэбыдэным теухуа Iуэхухэм щытепсэлъыхьауэ щытащ Шойгу Сергей Абхъазым зыхъумэжыныгъэмкIэ и министр Кишмарие Мераб мазэ кIуам щыIущIам. Хэхауэ и гугъу ящIат зыхъумэжыныгъэ, шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщын IэнатIэхэм щызэдэлэжьэным.
Шэч хэмылъу, Абхъазым и дежкIэ щIэгъэкъуэнышхуэ хъунущ урысей дзэ къулыкъущIэхэр я къэралым и лъэщагъыр гъэбыдэным зэрыхэлIыфIыхьынур. ЗэкIэ хэIущIыIу ящIакъым а Iуэхум трагъэкIуэдэн щхьэкIэ урысей бюджетым къыхахыну ахъшэр зыхуэдизыр, ауэ Абхъазым мы илъэсым тещIыхьа и бюджетым зэрыщыубзыхуамкIэ, 2019 гъэм абы Iэрыхьэнущ сом меларди 4,4-рэ и уасэ дэIэпыкъуныгъэ. А ахъшэр хуаутIыпщынущ «социально-экономикэ зыужьыныгъэ», «бюджет инвестицэ» статьяхэмкIэ.
«Москварэ Сыхъумрэ зэдэлэжьэным теухуауэ 2014 гъэм зэращIылIауэ щыта зэгурыIуэныгъэм щыубзыхуа Iуэхухэм ящыщщ иджыпсту къэралхэр зи ужь ихьа Iуэхур – ди къэралым и зыхъумэжыныгъэ IэнатIэр егъэфIэкIуэным хуэунэтIауэ зэфIагъэкIхэр, - жиIащ АР-м зыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм и унафэщI Джоджуа Роланд. - А зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ, ди щIалэхэм УФ-м и дзэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм щIэныгъэ щызрагъэгъуэтащ. Иджы абыхэм ягъэлэжьэфынущ Iэщэ лIэужьыгъуэщIэхэр, ахэр къэгъэсэбэпыным ди дзэ къулыкъущIэхэри хуагъэсэфынущ».
ЛэжьакIуэ къакIуэхэм я бжыгъэр гъэмэщIэн хуейуэ къалъытэ
Урысей Федерацэм щылэжьэну къакIуэхэм я бжыгъэр гъэмэщIэн хуейуэ къэзылъытэхэм я бжыгъэр хэпщIыкIыу нэхъыбэ хъуащ мы гъэм. УФ-м и Правительствэр а Iуэхум ткIийуэ бгъэдыхьэн хуейуэ къагъэув ди цIыхухэм я процент 70-м щIигъум.
2017 гъэм «Левада-Центр»-м и IэщIагъэлIхэр УФ-м щыпсэухэм зэрахэупщIыхьам къызэригъэлъэгъуамкIэ, цIыхухэм я процент 58-рт хамэ къэрал щыщхэр ди деж щыгъэлэжьэн хуэмейуэ къэзылъытэр. Мы гъэм шыщхьэуIум и 22 - 28-хэм а IуэхущIапIэм и IэщIагъэлIхэм ирагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм кърикIуахэм ятепщIыхьмэ, зэупщIахэм я процент 72-м къалъытэ хамэ щIыпIэхэм къикIыу ди деж щылажьэхэр гъэмэщIапхъэу, уеблэмэ къэгъэкIуэн хуэмеиххэу. Къэрал властым и органхэм мигрантхэр щылэжьэныр ягу техуэркъым цIыхухэм я процент 90-м нэблагъэм. Процентибгъу къудейрщ къэзылъытэр нэгъуэщI хэкухэм къикIахэр ди къэралым зэрыщылажьэр тэмэму.
Дызэрыщыгъуазэщи, хамэ хэкухэм къикIахэр нэхъыбэу щылажьэр коммунальнэ IэнатIэрщ, Iуэхутхьэбзэ зэмылIэужьыгъуэхэр цIыхухэм щыхуащIэ IуэхущIапIэхэрщ - ди цIыхухэм я щхьэ хуамыгъэфащэу жыхуаIэхэрщ. Ауэ абыхэми ди къэралым щыпсэухэр щылэжьэну хуейуэ, ауэ ахэр къалъымысу къалъытэ зэупщIахэм я процент 64-м. Абыхэм жаIащ я гъунэгъу, я цIыхугъэ куэд лэжьапIэншэу зэрыщытыр икIи апхуэдэ IэнатIэхэми кIуэну зэрыхьэзырыр икIи апхуэдэу адэкIэ екIуэкI зэрымыхъунур къыхагъэщащ.
Щапхъэ щхьэкIэ жыжьэ ущIэкIуэн щыIэкъым. Ди республикэми гъунэгъу щIыналъэхэми щыщ щIалэгъуалэр УФ-м и къалэшхуэхэм кIуэн хуей мэхъу IэнатIэлъыхъуэ, абы щыгъуэми узбекхэм, таджикхэм ди деж IэнатIэ щагъуэт. И нэхъыбапIэкIэ, ахэр щолажьэ ухуэныгъэхэм. IэщIагъэлI бэлыхькIи уеджэ хъунукъым абыхэм – ухуэныгъэм Iэпыдзлъэпыдзу къыщыщIэзыдзэхэр нэхъыбэщ. Абы щыгъуэми, ухуакIуэ IэщIагъэм хуеджа, абы хуэIэзэ хъуа ди лъэпкъэгъу куэд лэжьыгъэншэу щысщ.
«НэгъуэщI къэралхэм къикIауэ лажьэхэр зыпэрыт IэнатIэхэм гуфIэжу ди цIыхухэр зэрыувынум шэч хэлъкъым, ауэ абыхэм гастрабайтерхэр къащтэмэ нэхъ къащтэ IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэм. ИпэжыпIэкIэ, ди цIыхухэм я пIэ иувэу аращ ахэр. Ди цIыхухэм нэхърэ нэхъ хуэщIауэ мэпсэу ди деж лэжьакIуэ къэкIуауэ щыIэхэр», жаIащ корреспондентхэм.
Нобэ
♦1632 гъэм Якутск къалэм и лъабжьэр ягъэтIылъащ.
♦1763 гъэм Екатеринэ ЕтIуанэм и унафэкIэ Москва къыщызэIуахащ Урысейм щыяпэ сымаджэщыр. Абы пащтыхь гуащэм и къуэ Павел и цIэр фIащауэ щытащ.
♦1818 гъэм инджылыз дохутыр Бланделл Джеймс дунейм щыяпэу зы цIыхум и лъыр адрейм хигъэлъэдауэ щытащ.
♦1934 гъэм Налшык къыщызэIуахащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и колхоз-совхоз IуэхущIапIэхэм я япэ спартакиадэр.
♦1935 гъэм СССР-м щIакхъуэ уасэр нэхъ пуд щащIащ, лы, бдзэжьей, фошыгъу кърыращэхун папщIэ яту щыта карточкэхэр къамыгъэсэбэпыж хъуащ.
♦1941 гъэм ВКП (б)-м и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым унафэ ищIащ уIэгъэ хъуа зауэлIхэр зыхуей хуэгъэзэнымкIэ комитет къызэрагъэпэщыну.
♦1943 гъэм Дзэ Плъыжьым Смоленск къалэр нэмыцэ фашист зэрыпхъуакIуэхэм къаIэщIигъэкIыжащ.
♦1991 гъэм ДОСААФ зэгухьэныгъэм и цIэр РОСТО жиIэу зэрахъуэкIащ.
♦1995 гъэм Израилым и премьер-министр Рабин Ицхакрэ Палестинэр Хуит КъэщIыжынымкIэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Арафат Ясиррэ Вашингтон Iэ щыщIадзащ Иордан псым и къухьэпIэ Iуфэм палестинхэм я автономие къыщызэгъэпэщыным пыщIа Iуэхум теухуа зэгурыIуэныгъэм.
♦1999 гъэм Ельцин Борис Iэ щIидзащ Налог полицэм и федеральнэ къулыкъущIапIэм теухуа хабзэм икIи абы и цIыху бжыгъэр зэрыхъун хуейр иубзыхуащ.
♦1886 гъэм къалъхуащ шапсыгъ лъэпкъым щыщ, тырку лъэпкъ-щхьэхуитщIыжакIуэ зэщIэхъееныгъэм хахуэу хэта, маршал Шэрджэс Этхем-пэщэ (Пщэу).
♦1906 гъэм къалъхуащ совет композитор, пианист щэджащэ, егъэджакIуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, СССР-м и цIыхубэ артист, СССР-м и Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща Шостакович Дмитрий.
♦1915 гъэм къалъхуащ АР-м и цIыхубэ тхакIуэ, драматург, зэдзэкIакIуэ Еутых Аскэр.
♦1920 гъэм къалъхуащ совет актёр, режиссёр, СССР-м и цIыхубэ артист, СССР-м и Къэрал саугъэтыр, «Война и мир» фильмым зэрыщыджэгуам папщIэ «Оскар» саугъэтыр зыхуагъэфэща Бондарчук Сергей.
♦1932 гъэм къалъхуащ пшынауэ Iэзэу щыта, Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Урысей Федерацэмрэ щIыхь зиIэ я артист ПщыхьэщIэ Мухьэжыр.
♦1933 гъэм къалъхуащ адыгэ тхакIуэ Щамырзэ Iэмырбий.
♦1938 гъэм къалъхуащ УФ-м и цIыхубэ артисткэ Федосеевэ-Шукшина Лидие.
♦1944 гъэм къалъхуащ США-м щыщ актёр, «Оскар» саугъэту тIу зрата Дуглас Майкл.
♦1969 гъэм къалъхуащ Америкэм щыщ актрисэ, «Оскар» саугъэт зыхуагъэфэща Зета-Джонс Кэтрин.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, пIалъэ-пIалъэкIэрэ уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 18 - 19, жэщым градус 12 - 14 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Вы хьэху къозымытынум вы щэгъу ухегъэн.
Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "743.txt"
} |
Адыгэхэм я махуэр ягъэлъапIэ
Шэджэм щIыналъэм Iэтауэ щагъэлъэпIащ Адыгэхэм я махуэр. Шэджэм къалэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм щызэхэта гуфIэгъуэ зэхуэсым кърихьэлIат щIыналъэм ис нэхъыжьыфIхэр, нэгъуэщI щIыпIэхэм къикIа хьэщIэхэр, щэнхабзэм, спортым дихьэх щIалэгъуалэр, абыхэм я гъэсакIуэхэр.
Шэджэм районым ЩIыпIэ самоуправленэмкIэ и советым унафэщI Уэдыжь Хьэсанш зэхыхьэр къыщызэIуихым жиIащ махуэшхуэр зыгъэлъапIэхэр узыншэну, адыгэ хабзэр, нэмысыр зыхъумэфын щIэблэщIэ куэд ди лъэпкъым къащIэхъуэну зэригуапэр.
Псалъэ зратахэм я хъуэхъум къыхагъэщырт Адыгэхэм я махуэр ди лъэпкъыр зыкъуэзыгъэувэу зэрыщытыр,апхуэдэуи адрей лъэпкъхэми мамыру дадекIуэкIынымкIэ абы мыхьэнэшхуэ зэриIэр. Къызэхуэсахэм я пащхьэм щагъэлъэгъуащ адыгэхэм ди джэгукIэхэм щыщ теплъэгъуэхэр.
Пщыхьэщхьэр ягъэдэхащ «Шэджэм псыкъелъэхэр» уэрэджыIакIуэ ансамблым, «Шэджэм шууейхэр» сабий къэфакIуэ гупым.
НАФIЭДЗ Мухьэмэд.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "744.txt"
} |
«Адыгэхэм хуэдэ дэнэ къипхын?»
«Адыгэхэм хуэдэ дэнэ къипхын?» фIэщыгъэр иIэу фокIадэм и 19-м пшыхь щекIуэкIащ Инарыкъуей къуажэм дэт курыт еджапIэм. Абы хэтащ егъэджакIуэхэр, еджакIуэхэр, къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм, библиотекэм я лэжьакIуэхэр. ЗэIущIэр къызэзыгъэпэщар школым адыгэбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэдж Хьэрэдурэ Эммэт.
ЗэIущIэр Джэдгъэф Борис и «Си адыгэ напэ» усэмкIэ къызэIуаха нэужь, ар езыгъэкIуэкIхэм къызэхуэсахэм ягу къагъэкIыжащ адыгэхэм я махуэр гъэлъэпIэн зэрыщIадзауэ щыта щIыкIэр.
АдэкIэ школакIуэхэр къеджащ адыгэ усакIуэхэм я Iэдакъэ къыщIэкIа, ди лъэпкъым теухуа, ди хабзэ дахэхэр, ди блэкIар къызыхэщыж усэхэм. Апхуэдэу адыгэр дызэрыгушхуэ ди лIыхъужьхэм, цIыху цIэрыIуэхэм, тхакIуэхэм тепсэлъыхьащ.
Пэшым щIэсхэм гъэщIэгъуэн ящыхъуат адыгэ лIакъуэ пщыкIутIым я къекIуэкIыкIар, нобэкIэ абыхэм я щыIэкIэ-псэукIэр, нэхъыбэу здэщыс щIыпIэхэм теухуауэ щыжаIэу щыта теплъэгъуэр, класс нэхъыжьхэм щIэс щIалэ пщыкIутIым ягъэхьэзырар. Адыгэ уэрэдыжьхэр зэIущIэм щыжиIащ ЩэнхабзэмкIэ унэм и лэжьакIуэ Абазэ Дианэ. ЕджакIуэ цIыкIухэм адыгэ къафэ дахи утыкум щагъэзэщIащ.
Пшыхьым и кIэухыу пэшым щIэсхэм псалъэ дахэкIэ захуигъэзащ егъэджакIуэ Джэрмэшык Хьэжмурат.
- Зы лъэпкъи щыIэу къыщIэкIынкъым и ехъулIэныгъэхэр иIэтрэ и фIым щыгуфIыкIыу щызэхыхьэ зы махуэ хэха имыIэу. Апхуэдэ махуэхэрщ цIыхубэм я гур щыз зыщIыр, къарукIэ, лъэкIыныгъэкIэ, акъылкIэ, щIэныгъэкIэ зыIэрагъэхьахэр къыщапщытэжыр, лъэпкъым и нэхъыжьри и нэхъыщIэри гуфIэу щызэхыхьэр. Нобэрей махуэм щхьэкIэ куэдрэ зэхыхьэн Тхьэм дищI! Лъэпкъым и къэкIуэнур сыт щыгъуи зрапхыр къыдэкIуэтей щIэблэращ. Фи бжьыфIагъыр вгъэлъагъуэу, фызэрыщыпкъэр фи дуней тетыкIэм къиIуатэу лъэпкъым и пщIэр зыIэтын щIэблэ фыхъуну сынывохъуэхъу! – жиIащ абы.
ИужькIэ къэпсэлъа нэхъыжьхэри адыгэ лъэпкъым и цIэр фIыкIэ ягъэIуу, къызыхэкIар ящымыгъупщэрэ я блэкIам пщIэ хуащIу, узыншагъэр я бэу псэуну хъуахъуэри, пшыхьыр джэгу дахэкIэ зэхуащIыжащ.
ХЬЭРЭДУРЭ Аллэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "745.txt"
} |
Бгырыс вагъуэ
ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 75-рэ щрикъум ирихьэлIэу
Ди къэралым фашист Германиер къыщытеуам япэу бийм пэщIэувахэм икIи ар къэзыгъэувыIахэм яхэтащ кхъухьлъатэзехуэ Байсултанов Алим. А лъэхъэнэм ар илъэс 22-рэ ирикъуа къудейт. Апхуэдэу щIалэ щхьэкIэ, фин зауэми хэтауэ Байсултановыр зауэлI хьэзырт. Алим яхэтащ фин хы къуэпсыр яхъумэу Ханко деж лIыхъужьыгъэшхуэ къыщызыгъэлъэгъуа ди зауэлI хахуэхэм. Ди хэкуэгъур дауэ къыщыхутат а хы тIуащIэм?
Зауэм и пэкIэ Байсултанов Алим Налшык щыIа аэроклубым зыщигъэсащ, иужьыIуэкIэ щеджащ кхъухьлъатэзехуэхэр щагъэхьэзыру Бийск дэта еджапIэм. Ар къиуха нэужь къулыкъу ищIэну ягъакIуэ Прибалтикэм, хыр зыхъумэ дзэхэм хагъэхьэ.
Къыдеджахэми къулыкъу къыдэзыщIахэми къаIуэтэж Байсултановыр цIыхугъэ дахэ зыхэль щIалэу, и хьэл-щэнкIэ адрейхэр зыдригъэплъейуэ зэрыщытар. ЦIыху Iэсэт и ныбжьэгъухэм щахэтым деж, ауэ бий илъэгъуакъэ - ябгэ хъурт...
1941 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэу, зауэри къэхъея къудейуэ, Байсултанов Алимрэ нэгъуэщI щIалитIрэ къалэн къыщащI я кхъухьлъатэхэмкIэ заIэту бийм дзэшхуэ щиIыгъ Тарку къалэм теуэнхэу. Байсултановыр пашэ ящIри, а гуп цIыкIур гъуэгу тохьэ. ИщIагъымкIэ сытри фIыуэ щыплъагъуу дунейр бзыгъэт. Ди кхъухьлъатэхэми лъагащэу заIэтыркъым. Здежьа щIыпIэм гъунэгъу хуэхъуауэ Алимрэ и гъусэхэмрэ ялъагъу фашист кхъухьлъатэхэу плIы къызэрыкъуэхауэ къазэрыхуэкIуэр. Алим и гъуситIым я зым еджащ: «КъызэдаIуэ, кьызэдаIуэ: япэ итым сэ сытеуэнущ, уэ си щIыбымкIэ сыкъыщыхъумэ!»
ЗэрыжиIам хуэдэуи ещI. Бий кхъухьлъатэм гъунэгъу зыхуещIри, пулеметым и кIакхъур щIеч. Бий кхъухьлъатэр, шэ зытехуа къуаргъыжьу, и дамэхэмкIэ адэкIэ-мыдэкIэ ещIэу хуожьэ, къолыдри, Iугъуэ фIыцIэр къыщхьэщихыу, йохуэх.
И гъуситIми зы бий кхъухьлъатэ я кум даубыдэри, кIуапIи жапIи ирамыту кърагъэпсых. Адрей фашист кхъухьлъатэхэм къыздикIамкIэ яунэтIыжащ. Къалэн щащIар ягъэзащIэри, Алим сымэ зыри яхэмыщIауэ къагъэзэжащ. Ахэр къетIысэхыжа нэужь, я ныбжьэгъухэр гуапэу къехъуэхъуащ. Полкым и командир подполковник Михайловми комиссар Безносовми «Фи япэ ехъулIэныгъэмкIэ!» - жаIэу щIалэхэм я Iэхэр къаубыдащ.
Aбы и ужькIэ полкым щекIуэкIа парт собранэм Байсултановым и хъуэпсапIэр къыщохъулIэ - партым хагъэхьэ.
... Уэгум зы мэскъалкIэ ущыщыуамэ е зы напIэдэхьеигъуэкIэ ущыбэлэрыгъамэ, бийм къыпщIигъэкIуэнукъым. КъимыдэкIэ, гуп ухъумэ, зыр адрейм удэIэпыкъужыфу ущытын хуейщ. А псоми фIыуэ щыгъуазэт Алим икIи зиIэтрэ зауэм Iухьамэ, къашыргъэм хуэдэу, ябги нэ жани хъурт, и гупсысэр асыхьэтым къэхъуну Iуэхум триухуэфырт. Апхуэдэу зэщIэкъуауэ зэрыщытым и сэбэп езым къекIыжырт, и ныбжьэгъухэм дежкIи мыхьэнэшхуэ иIэт. Мыпхуэдэ Iуэху зэгуэрым къэхъуащ: «Бийм мафIэ ирадзыну» полкым и бомбэзехьэ кхъухьлъатэхэр гъуэгу техьат. Ахэр зыхъумэхэм яхэту лъэтат Байсултановри. Ди бомбэзехьэхэм биидзэм хэщIыныгъэшхуэ иратащ а махуэм. Хъарзынэуи къагъэзэжат, ауэ гъуэгум абыхэм къащылъэщIохьэ кхъухьлъатэ псынщIэхэр - «МЕ-110»-хэр. Зэзэyэн щIадзэ. Зэуэ Алим гу лъетэ эскадрильем и командир Белоусовым и кхъухьлъатэм и ужь «МЕ-110»-р къызэриувар икIи, зы тэлай дэкIыжмэ, абы командирыр зэрыс кхъухьлъатэр Iисраф къызэрищIынум. И командирыр къригъэлын щхьэкIэ, Алим езым шэпэIудз зищIу бийм и гупэм зредзэ, шэхэр къызэрытелъалъэр зыхищIэу лъэныкъуэкIэ зыщIедзри, фашист кхъухьлъатэм накIуэпакIуэу хуеунэтI икIи и тегъапси и еуи зыуэ и пулеметыр егъэлъалъэ. «МЕ-110»-р зэщIонэ. Апхуэдэу и ныбжьэгъухэр ажалым къыщригъэл, езыри къыщахъуми куэдрэ къэхъуащ. Алим къыдэзэуахэм яхэтащ «уей-уей» жезыгъэIа кхъухьлъатэзехуэхэу Гринько Пётр, Антоненкэ Алексей, Цоколаев Геннадий, Васильев Михаил сымэ. Нэхъ иужьыIуэкIэ, Алим хуэдэу абыхэми къыфIащат Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэ лъапIэр. Ленинград зыхъумэжхэр абыхэм иригушхуэрт, ирипагэрт... Дунейр къызэрыхъурэ ямылъэгъуа лIыхъужьыгъэшхуэ кьагъэлъагъуэрт ленинграддэсхэми, а къалэр зыхъумэж псоми. ЩIылъэми, хыми, уэгуми фашистхэм я нэр щамыгъаплъэу ди дзэхэр япэщIэтт. IэщэкIэ нэхъыфIу зэщIэузэда, бжыгъэкIи куэдкIэ нэхъыбэ хъу бийт зыпэщIэтри. Дуней псор къыкIэлъыплъырт зауэр зыщхьэщыкIа, биидзэм и кум къина къалэм зэрызимытым, Iэщэри, гъаблэри, гугъуехьхэри абы дэсхэм зэрапэмылъэщым. Алим егупсысырт: «Сыту пIэрэ апхуэдэ къару ди цIыхухэм къезытыр?» - жиIэу. Жэуапи зритыжырт: «Дызэрызахуэм, ди лъахэр зэрытхъумэжым къыдет а къарур икIи хамэщI щIэнэцIу къежьа зэрыпхъуакIуэхэм ящыщ зы ди щIым къытемынэжыху, уэгум къимыхьэж хъуху, дэ абыхэм дащысхьынкъым».
Зыми гу лъамытэу зы бий кхъухьлъатэ полкым и хэщIапIэм къыщхьэщыхьат зэгуэрым, щIым щыт ди кхъухьлъатэхэм къеуэн мурадыр иIэу. Асыхьэтым зиIэта къудейуэ уэгум итт Алим. Зы дакъикъи зимыIэжьэу абы къыхуиунэтIащ бий кхъухьлъатэм. Лъэныкъуэ зыхуищIщ, еуэри, полк псом ялъагъуу къриудыхащ. Ди кхъухьлъатэзехуэхэр дыхьэшхыу зэхэтт: «Уа, унэмыцэн хуейтэкъэ-тIэ ди бгъащхъуэр уэгум иту къыдэпкун щхьэкIэ», - жаIэу.
Зэгуэрым Балтикэм и тенджыз къарухэр зи унафэм щIэт генерал-лейтенант Самохиныр полкым къэкIуат. Командир нэхъыщхьэхэр зэхуишэсауэ абы къариIуэтылIэрт бийм и кхъухьлъатэхэр нэхъыбэ зэрыхъуар, абыхэм ди кхъухьхэм хэщIыныгъэ къызэрыратыр. «НтIэ сыт щIэн хуейр?» - жаIэу псори гупсысэ хэхуат. «Псом япэу, - жиIащ генералым. - КъэщIэн хуейщ а кхъухьлъатэхэр зэрыхъур зыхуэдизыр. Ар къэтщIа нэужь, а щIыпIэм деуэнщ».
Генералыр картэм теIэбащ: «Мыбы сурэт щытрихыну гъэкIуэн хуейщ нэхъ Iэзэ дыдэу икIи лIыгъэ зыхэлъу фиIэр. Уэгур зыхъумэ зениткэхэр куэдыкIейуэ здэщыт мы щIыпIэм сурэт щытезыхыфынур, нетIи жысIащи, Iэзэ дыдэу щытын хуейщ».
- Байсултанов Алим абы дгъэкIуэнщ, - жиIащ полкым и командирым.
Iуэхур зытетыр къыжраIа нэужь, Байсултановыр егупсысащ: «Дауэ сщIымэ нэхъыфI?» Ар гузавэрт и къалэныр хуэмыгъэзэщIэнкIэ. АтIэ, зэрыгурыIуэгъуэти, апхуэдизу яхъумэ щIыпIэм уащхъуэдэмыщхъуэу ущхьэщыхьэфми, зениткэхэм куэдрэ ущхьэщагъэтынутэкъым, урагъэпсыхынут. Полкым и унафэщIхэри а махуэм гупсысэу зэхэсат, ауэ зыри къахуэгупсысатэкъым. ИужькIэ Алим нэщхъыфIэ къохъу, мэдыхьэшх: «Мис иджы сэ абыхэм яхуэфI сыхъунщ», - жери полкым и командирым зыхуегъазэ, и мурадри иреIуэтылIэ.
Ауэ Алим дыхьэшхэн къыщыхъужа и гупсысэр адрейм къыдиIыгъыщакъым. Полкым и командирыр иригузавэрт Алим и щхьэр хилъхьэнкIэ...
Алим сурэт зытрихын хуей щIыпIэм уащхъуэдэмыщхъуэу щхьэщыхьащ. Фашистхэр къэуIэбжьат, я зениткэхэмкIэ задзащ. Трагъапсэ «Дэнэ укIуэжын, улъахъшэщ», - жыхуаIэу. Ауэ сыт а ялъагъур? Совет кхъухьлъатэм тIысын мурад иIэу и дамэхэр къахущIеупскIэ, и шэрхъхэри къызыкIэщIихащ. Абы къикIырт: «Фыкъызэмыуэ, гъэру зызот». Нэмыцэхэм ар я гуапэ мэхъу... ТIысыпIэм зыхуигъэхьэзыр щIыкIэу кхъухьлъатэм зэ хъурейуэ къеуфэрэзыхьри, зигъэлъахъшэу хуожьэ. Ауэ тIысыркъым. ЗытетIысхьэн хуея лъагъуэм хуимыгъэзэфа хуэдэу, сэмэгурабгъур ирещэкI. Фашистхэм хьэрэкIытIэхэр худрагъэуейуэрэ къыздэтIысыну лъэныкъуэр кърагъэлъагъу. Алими ар къыгурыIуа хуэдэу зещI, нэхъри зегъэлъахъшэри, аэродромым и ижьырабгъумкIи сурэт трех.
Ещанэуи, тIысын фIэкIа умыщIэу, къыщхьэщохьэри, зыхунэмыса щIыпIэхэм щхьэпролъэтыкI. И Iуэху зэфIэкIати, газым трекъузэ, и шэрхъхэр зэщIекъуэжри, пцIащхъуэм хуэдэу, уэгум йохьэж. Бийхэр я IэфракIэхэм едзэкъэжу къызэхонэ.
Тегушхуэныгъэ зыхэлъ щIалэм и цIэр фIыкIэ Iуат. Зы махуэ къанэртэкъым абы Ленинград и уафэм зыщимыIэту. Абы и бгъэм къыхалъхьат Бэракъ Плъыжь ордену тIу, медалхэр, эскадрильем и командирым и дэIэпыкъуэгъуу ягъэуват. 1942 гъэм и гъэмахуэм къабжати, Байсултановыр уэгум зэрихьа бжыгъэр 277-м нэсат, плIыщIрэ тхурэ хъуат уэгу зауэу щригъэкIуэкIар, бий кхъухьлъатэу къриудыхат и ныбжьэгъухэм я гъусэу 13, езым и закъуэу 8, тIур бий аэродромхэм щикъутат.
Балтикэ щIыналъэм адэжкIэ щыIуат гвардием и капитан Байсултановым и цIэр. Абы теухуа тхыгъэхэр газетхэм традзэрт, фронтым Iухьа зауэлIхэр Алим ещхьу щытыну ягъэIущырт, 1942 гъэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и УнафэкIэ ар Совет Союзым и ЛIыхъужь ящIащ.
Абы и ужькIи Байсултановыр зэхэуэ куэдым хэтащ. 1943 гъэм фокIадэм и 23-м Алим фин хы къуэпсым щхьэщыту къраудыхащ. Абы щыгъуэ ар илъэс 24-рэт зэрыхъуар. Ар ящыгъупщакъым полкым къыдыхэтахэм. Абы илъ ящIэжу и ныбжьэгъухэм бийр ягъэгулэзырт икIи куэд мыщIэу ди къэрал гъунапкъэм и уэгури къабзэ ящIыжащ.
Хэкуми щыгъупщакъым и хуитыныгъэм зи псэр щIэзыта и быныр. Зыщалъхуа Яныкъуей къуажэм и уэрамыщхьэм абы и фэеплъ сын щагъэуващ. А сыным деж къокIуэри мэщыгъуэ къуажэдэс балигъхэри еджакIуэ цIыкIухэри.
Совет Союзым и ЛIыхъужь Байсултанов Алим лъэужьыншэу кIуэдакъым. И къуэ Валерий летчик хъужащ. Ар илъэс къэс къокIуэж и адэр щыпсэуа къуажэм икIи зэманыр зэрыкIуэр щыгъупщэжауэ куэдрэ бгъэдэтщ и адэм и фэеплъ лъапIэм. Бгъэдэтщ и адэм нэхърэ нэхъыжь зэрыхъужами, абы хуэдэу Хэкум къызэрыхущIэкIынуми егупсысу, игъащIэкIэ езым нэхърэ нэхъыщIэу къэна и адэм щхьэкIэ и нэпс хуэмыубыду.
ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "746.txt"
} |
Загъэхьэзырыну IэмалыфIхэр яIами, кърикIуар нэхъыкIэт
(Премьер-лигэм дыщыхэта гуимыхуж илъэсхэр. 2009 гъэ)
Урысей Федерацэм футболымкIэ и премьер-лигэм 2009 гъэм еплIанэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэр щыджэгуащ. Япэрей зэхьэзэхуэхэм я пэщIэдзэхэм IэщIагъэлIхэм зэпымыууэ зыжьэу щыжаIэрт «Спартак-Налшыкыр» къыкIэрыхухэм яхэтыну. ТегъэщIапIэхэри я куэдт - мылъкур я мащIэщ, футболист, тренер цIэрыIуэхэр яIэкъым, нэгъуэщIхэри. АрщхьэкIэ, ахэр сыт щыгъуи щыуауэ къыщIэкIырт икIи, къэралым и командэ пашэхэм яхэмыхьэфми, ди щIалэхэр «гупкIэм» зэи пысакъым. Абы и щыхьэтщ 2006 гъэм - ебгъуанэ, къыкIэлъыкIуэ илъэситIым епщIыкIутIанэ увыпIэхэм щыту зэпеуэр зэраухар. Арауэ къыщIэкIынт 2009 гъэм щыIэну зэхьэзэхуэм и пэ къихуэу «Спартак-Налшыкыр» премьер-лигэр зыбгынэну зыхуагъэфащэхэм щIыхамыгъэхьар.
Къэралым футболымкIэ и премьер-лигэм япэу дыщыхыхьам диIа командэмрэ иджыреймрэ шурэ лъэсрэ я зэхуакут. Нэхъапэм гуп нэхъыщхьэм щыджэгуа, абы и пIалъэ зыщIэ димыIэххамэ е илъэс къэс хэкIыжыр куэд дыдэу щытамэ, 2009 гъэм Iуэхур нэгъуэщIащ. КъыжыпIэну ирикъунт «Спартак-Налшыкым» и фащэр ящыгъыу блэкIа илъэсым джэгуахэм ящыщу зы цIыхуи игу къеуэну ди командэм и тренер нэхъыщхьэ Красножан Юрэ зэримыутIыпщар. Пэжщ, абы иджыри сэбэп къыхуэхъуфынут «Химки»-м кIуа, Урысей Федерацэм и щIалэгъуалэ командэ къыхэхам и гъуащхьэхъумэныкъуэ Самсонов Олег. Ауэ ар «Спартак-Налшыкым» «Зенит»-м бэджэнду къыIихауэ игъэджэгуу арати, зэпеуэ нэужьым санкт-петербургдэсхэм къащтэжри, зыхуейм иратащ икIи абы зыри пхуещIэнутэкъым.
Адрейхэр щхьэж и джэгупIэр ищIэжу, яхузэфIэкIынури наIуэу, зыр адрейм гурыIуэу щытт. Гуапэт илъэс къэс я Iэзагъым хагъахъуэ зэпыту къызэрекIуэкIыр Мэшыкъуэ Аслъэн, Джатэрывэ Къазбэч, Калимуллин Рустем, ДзыхьмыщI Марат, Кисенков Владимир, Шумейкэ Виталий, Гъуэщокъуэ Арсен, Ятченкэ Дмитрий, Филатов Валентин сымэ. КуэдкIэ узыщыгугъ хъунут Къэжэр Назири, арщхьэкIэ топджэгум емыхьэлIа щхьэусыгъуэхэр абы хуабжьу зэран къыхуэхъуат.
Гупыр зэрагъэлъэщынум шэч къытетхьэртэкъым Къэзахъстаным и командэ къыхэхам и гъуащхьэтет Лорие Давид, Бразилием щыщхэу Феррейрэрэ Леандрурэ, Аргентинэм къраша Паради, белорус щIалэщIэ Концевой Артём. Къэбэрдей-Балъкъэрым топджэгум щыдихьэххэр хуабжьу щыгуфIыкIат ди командэр премьер-лигэм зыша топыр 2005 гъэм дэзыгъэкIа, абы къыкIэлъыкIуэ илъэсым гъуащхьауэ нэхъыфIу диIа Концедалов Роман къызэригъэзэжам. Дауи, набдзэгубдзаплъэу дыхущытынут ди лъахэгъу, Мэзкуу и «Локомотив»-м зыщызыгъэса Бырхьэм Къантемыр. Илъэс кIуам ар бэджэнду къыIахыжри щIалэгъуалэм яхэту ягъэджэгуат икIи ди тренерхэм ягу ирихьри, къашэжыпат.
«Спартак-Налшыкым» и гъуащхьэтетхэм щхьэкIи ущIэгузэвэн щыIэу къыщIэкIынутэкъым. 2008 гъэм зэращIылIа зэгурыIуэныгъэм тету Мэзкуу и «Спартак»-м пIалъэкIэ къытхуиутIыпщат Хомич Дмитрий. Абы и къуагъым къуэсу щысыну загъэхьэзыртэкъым зи гугъу тщIа Лориерэ Радичрэ - зыкъигъэлъэгъуэну Iэмал къыщыхукъуэкIынум дэтхэнэри пэплъэрт.
МазийкIэ екIуэкIа зэхьэзэхуэм гъатхэпэм (мартым) и 14-м щIидзащ. Ар гъуэгуанэ кIыхьу икIи хьэлъэу зэрыщытынур гурыIуэгъуэт. Дауи, щыIэнут текIуэныгъэхэри къыхэгъэщIэныгъэхэри. Арат спортыр зэрызэхэтыр. Апхуэдэхэм и деж псом ящхьэр командэмрэ абы дэщIхэмрэ быдэу зэрызэкъуэтынырт. Къемызэгът 2008 гъэм щыIа зэпеуэм и кIэухым ирихьэлIэу ди цIыхухэм ящыщ куэдым ирагъэкIуэкIа псалъэмакъ мыщхьэпэхэр. Ар гуфIэжу «Спартак-Налшыкым» и ныкъуэкъуэгъухэм къапхъуэтат икIи зэIущIэхэр щэн-къэщэхуным ди командэр куууэ хэту къэрал псом щагъэIуат. Абы щыгъуэми Урысей Федерацэм и чемпион хъуа «Рубин»-ри, УЕФА-м и Кубокыр зыIэщIэлъ «Зенит»-ри, къэралым и кубокыр къэзыхьа ЦСКА-ри, нэгъуэщIхэри хагъэщIауэ. Командэмрэ абы дэщIхэмрэ зэкъуэуда хъумэ, лъэныкъуитIри зэрыхилъэфэнум шэч хэлътэкъым. Арат ди хьэрхуэрэгъухэр къызэрытхуэхъуапсэри.
2009 гъэм щыIа зэхьэзэхуэм зэрыщIидзам хуэдэу хуэмыхуу «Спартак-Налшыкым» премьер-лигэм зэи щригъэжьакъым. Абы щыгъуэми зэпеуэм иджы нэхърэ нэхъыфIу зэгуэр хуэхьэзырауи пхужыIэнутэкъым. Адрей илъэсхэм емылъытауэ тренерхэмрэ футболистхэмрэ зэхъуэкIыныгъэ щIагъуэ ямыгъуэтауэ зэрыщыту къызэтенат, зыгъэсэныгъэкIи, мылъкукIи гукъеуэ яIэтэкъым.
Апхуэдэу щыт пэтми, ди щIалэхэм текIуэныгъэ къыщахьыфар еханэ джэгугъуэрщ. Налшыкдэсхэм я хьэрхуэрэгъухэм япэ топыр щыхудагъэкIыфар дакъикъэ 350-рэ (зэIущIэ еплIанэм и кIэух хъухукIэ) ныкъуэкъуа иужькIэщ. Ари зыхузэфIэкIар ди гъуащхьэхъумэхэм ящыщ зырщ икIи, дакъикъищ нэхъ дэмыкIыу, топ къыдрагъэгъэкIыжри, «Сатурн»-м текIуэфакъым.
Ди щIалэхэм мэлыжьыхьым (апрелым) и 26-м Налшык къыщахьа текIуэныгъэм 2008 гъэм шыщхьэуIум (августым) и 10 лъандэрэ дыпагъэплъащ. ИкIи мазийрэ ныкъуэкIэ (!) дызыщIэхъуэпсар «Амкар»-м и деж къыщыдэхъулIэм, куэдым я гугъат щытыкIэ гугъум «Спартак-Налшыкыр» къикIауэ. АрщхьэкIэ, дэнэт?! КъыкIэлъыкIуа джэгугъуитхуми налшыкдэсхэр щытекIуа къэхъуакъым.
Адрей илъэсхэми хуэдэу, ди щIалэхэм «иужьрей дакъикъэхэм я уз» яхэтащ. Сыт хуэдиз очко яфIэкIуэда абыхэм а лъэхъэнэм?! 2009 гъэм щыIа зэхьэзэхуэм и пэщIэдзэм я зэIущIэхэм я иужь дыдэ дакъикъэхэм Грознэ и «Тэрчыр» къащефIэкIащ, зытекIуэ Мэзкуу областым и «Сатурн»-мрэ Дон Iус Ростов и «Ростов»-мрэ бжыгъэр зэхуэдэ ирагъэщIыжащ, метр пщыкIузым и деж щыту пенальтир зэрыдамыгъэкIыфам къыхэкIыу «Химки»-р хагъэщIакъым. Абыхэм я зэранкIэ ди командэм фIэкIуэда очкоиблыр хэлъыжатэмэ, дыщIэгузэвэн щымыIэу «Спартак-Налшыкыр» премьер-лигэм хэтт. ЗэкIэ кIэух увыпIэхэм ящыщ зыр и Iэрылъхьэт.
КъищынэмыщIауэ, зэхьэзэхуэм щIидзэри, куэд дыдэ дэмыкIыу, гъуащхьэтетхэм я Iуэхур зэIыхьэу хуежьащ. Чэзур къыщылъымысым, фэбжь иIэу щхьэусыгъуэ ищIри, Сербием игъэзэжауэ, нэгъуэщI командэ къилъыхъуэрт Радич Деян. Самарэ и «Крылья Советов»-м щыдэджэгум зэрыраудам и зэранкIэ мазэ бжыгъэкIэ джэгупIэ губгъуэм къихьэжыфынутэкъым Хомич Дмитрий. Арати, гугъапIэу къытхуэнэжар Лорие Давид и закъуэт. Абыи командэм хэкIыжыну зигъэхьэзырат икIи щIэупщIэ хъарзынэ Израилымрэ Къэзахъстанымрэ къикIыу иIэт. Иджы «Спартак-Налшыкым» и лъэр щигъэбыдэну Iэмал хъарзынэ къыхукъуэкIат.
2009 гъэм екIуэкIа зэхьэзэхуэм щыщу зыхэта джэгугъуэ пщыкIузым ди щIалэхэм зыIэрагъэхьэфар очкоуэ 8-щ. Ар блэкIа илъэсым яIам хуэдитIкIэ къыкIэрыхурт. ЩытыкIэр щIэх дыдэ тэмэмыжынуи фIэщщIыгъуейт. Сыту жыпIэмэ, къыкIэлъыкIуэ джэгугъуиплIыр (Кубокым ейри хэту) «Спартак-Налшыкым» нэгъуэщI стадионхэм щригъэкIуэкIынут. Ар зэкIэлъхьэужьу зыIущIэну «Кубань»-ми, «Динамо»-ми, ЦСКА-ми очкохэр фIырыфIкIэ къуатынутэкъым, псом хуэмыдэу ахэр я стадионым къызэрыщыдэджэгунур къэплъытэмэ.
Налшыкдэсхэм сэбэп яхуэхъуфыну къыщIэкIынут бэджэнду Мэхъэчкъалэ и «Анжи»-м ирата Къэжэр Назиррэ Мэзкуу и «Спартак»-м и щIалэгъуалэ командэм и капитан, гъуащхьауэхэм я зэпеуэм пашэныгъэр щызыIыгъ Бажэ Амиррэ. АрщхьэкIэ щхьэусыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм къыхэкIыу ди тренерхэм абыхэм я дзыхь ирагъэзыртэкъым.
Премьер-лигэм зэрыхэта илъэсищым къриубыдэу «Спартак-Налшыкым» псоми наIуэ ящищIат иудыгъуафIэ зэрымыхъунур. Апхуэдэу адэкIи зэрыщытынур быдэу ди фIэщ хъурт. АрщхьэкIэ щIэдзапIэм дыкъигъэуIэбжьат икIи, япэ джэгугъуэхэм яужькIэ, ди щIалэхэм шынагъуэшхуэ къыщхьэщыхьат гуп нэхъыщхьэр ябгынэну. Насып яIэти, Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам и зэIущIэхэр иригъэкIуэкIын хуейуэ премьер-лигэм и зэхьэзэхуэр зэпагъэуащ.
Къэралым и кубокым и финалым щыджэгуа ЦСКА-м накъыгъэм (майм) и 30-м дригъэкIуэкIын хуеяр зэрагъэIэпхъуам къыхэкIыу ди щIалэхэм я зыгъэпсэхугъуэ лъэхъэнэр нэхъ кIыхьыжу щытащ. ЖыпIэну ирикъунщ накъыгъэм и 24-м къыщыщIэдзауэ блэкIа тхьэмахуищым ахэр зы джэгугъуэ закъуэм фIэкIа зэрыхэмытар. Дауи, ди тренерхэми, футболистхэми «зэрызагъэпсэхуа» зэманыр пщIэншэу ягъэкIуэдакъым икIи зыгъэсэныгъэ лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкIыу пIалъитIкIэ Нартсанэ (Кисловодск) щыIащ. Абы кърикIуар къэзыгъэлъэгъуар зэхьэзэхуэм и кIэухыращ.
Япэ зэпыгъэугъуэр хъарзынэу къызэрагъэсэбэпам и щыхьэт нэст мэкъуауэгъуэм (июным) и 14-м «Зенит»-м драгъэкIуэкIа зэIущIэр. Европэ псом щызэхуашэса футболист лъэщхэмрэ тренерхэмкIэ къызыхуэт щымыIэу узэда санкт-петербургдэсхэм ди щIалэхэм бэнэныгъэ гуащIэ иращIылIэфащ икIи хагъэщIэным зымащIэ дыдэщ иIэжар. ИкIэм-икIэжым, гугъуехьышхуэ пылъу, зыIэрагъэхьа зы очко закъуэми щыгуфIыкIыу абыхэм Налшык ябгынащ.
Псом хуэмыдэу гукъыдэж къыдитащ ди командэр зэщIэуIуауэ, къикIуэтрэ къеплъэкIрэ имыщIэу хьэрхуэрэгъу лъэщым зэрыпэщIэтам. Дауи, куэдым дэрэжэгъуэ ин яхуэхъуащ Джатэрывэ Къазбэч «Зенит»-м худигъэкIа топитIыр. Абыхэм языр «Спартак-Налшыкыр» премьер-лигэм зэрыхэтрэ 100-нэу къыщIэкIащ, адрейр епщыкIутIанэ джэгугъуэм щыдагъэкIа псоми дахагъкIэ ефIэкIауэ «Спорт-Экспресс» газетымрэ «Урысей футбол» теленэтынымрэ къалъытащ.
А зы джэгугъуэ закъуэм апхуэдизу зыубгъуауэ дыщIытепсэлъыхьым и щхьэусыгъуэр «Спартак-Налшыкым» и джэгукIэр абы зэрыщызэтеувэжаращ. Зэхьэзэхуэм и етIуанэ Iыхьэм, футболистыщIэхэр зыхагъэхьэну Iэмал зэрагъуэту, ди командэм зыхашащ нэхъапэм гуп лъэрызехьэ куэд зыхъуэжа Асильдаров Щамил. А дагъыстэн щIалэм текIуэныгъэхэр къытхуэзыхьа икIи ди очко бжыгъэхэм хэзыгъэхъуа топ зыбжанэ хьэрхуэрэгъухэм яхудигъэкIащ икIи премьер-лигэм дыкъызэрыхэнар абы зыкъомкIэ и фIыгъэщ.
2009 гъэм ирагъэкIуэкIа зэIущIэхэр
1. 15.03. «Тэрч» - «Спартак-Налшык» - 1:0
2. 22.03. «Спартак-Налшык» - «Рубин» - 0:0
3. 05.04. «Спартак» - «Спартак-Налшык» - 2:0
4. 12.04. «Спартак-Налшык» - «Сатурн» - 1:1 (Амисулашвили)
5. 18.04. «Томь» - «Спартак-Налшык» - 1:0
6. 26.04. «Спартак-Налшык» - «Амкар» - 4:1 (Концевой, Кисенков, Гогуа, Гъуэщокъуэ)
7. 03.05. «Локомотив» - «Спартак-Налшык» - 1:0
8. 1.05. «Спартак-Налшык» - «Химки» - 0:0
9. 16.05. «Ростов» - «Спартак-Налшык» - 1:1 (Леандру)
10. 24.05. «Спартак-Налшык» - «Крылья Советов» - 0:1
11. 22.07. ЦСКА - «Спартак-Налшык» - 0:0
12. 14.06. «Спартак-Налшык» - «Зенит» - 2:2 (Джатэрывэ - 2)
13. 12.07. «Кубань» - «Спартак-Налшык» - 2:2 (Леандру, Концевой)
14. 18.07. «Динамо» - «Спартак-Налшык» - 2:1 (Леандру)
15. 26.07. «Спартак-Налшык» - «Москва» - 0:0
16. 30.07. «Рубин» - «Спартак-Налшык» - 2:0
17. 08.08. «Спартак-Налшык» - «Спартак» - 2:4 (Кисенков, Асильдаров)
18. 16.08 «Сатурн» - «Спартак-Налшык» - 1:0
19. 22.08. «Спартак-Налшык» - «Томь» - 3:0 (Кисенков, Асильдаров - 2)
20. 31.08. «Амкар» - «Спартак-Налшык» - 1:2 (Асильдаров - 2)
21. 13.09. «Спартак-Налшык» - «Локомотив» - 0:1
22. 18.09. «Химки» - «Спартак-Налшык» - 0:2 (Леандру - 2)
23. 27.09. «Спартак-Налшык» - «Ростов» - 1:0 (Асильдаров)
24. 03.10. «Крылья Советов» - «Спартак-Налшык» - 0:0
25. 17.10. «Спартак-Налшык» - ЦСКА - 1:1 (Амисулашвили)
26. 25.10. «Зенит» - «Спартак-Налшык» - 2:2 (Сирадзе, Леандру)
27. 01.11. «Спартак-Налшык» - «Кубань» - 4:0 (Асильдаров, Амисулашвили, Кисенков, Леандру)
28. 08.11. «Спартак-Налшык» - «Динамо» - 2:4 (Калимуллин, Рикардэ)
29. 21.11. «Москва» - «Спартак-Налшык» - 0:2 (Сирадзе, Асильдаров)
30. 29.11. «Спартак-Налшык» - «Тэрч» - 4:2 (Леандру, Амисулашвили, Кисенков, Сирадзе)
ЖЫЛАСЭ Заурбэч.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "747.txt"
} |
ЩIал э зэчиифIэ
ФокIадэм и 20-р Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я дунейпсо махуэщ
Чэнджэщауэ Артур творческэ утыкум къыщацIыху усакIуэ цIэрыIуэщ, теленэтынхэр удихьэхыу езыгъэкIуэкIщ, цIыху щабэщ, гуапэщ.
Артур и псалъэхэр щIэлъу ятхащ ди гур зыхьэхуа уэрэди 100-м нэблагъэ. Ахэр ягъэзащIэ Кавказ Ищхъэрэ эстрадэм щыщ артист цIэрыIуэхэм. Апхуэдэхэщ Дзыбэ Мыхьэмэт, НэкIасэ Анжеликэ, Быщтэ Азэмэт, Тхьэгъэлэдж Мурат, Елдар Айдэмыр, Мыгу Айдэмыр, Iэгуей Руслан, Пхъэш Азэмэт сымэ, нэгъуэщIхэри.
УсакIуэ ныбжьыщIэм и япэ тхылъыр, «Шёпот предков» фIэщыгъэр иIэу 2010 гъэм дунейм къытехьауэ щытащ. Мы гъэми Чэнджэщауэм дигъэгуфIащ «Перо и кинжал» зыфIища и тхылъыщIэмкIэ.
Зэчий зыбгъэдэлъ ди лъэпкъэгъу щIалэр щеджащ Ставрополь къалэм дэт къэрал университетым. Финансист IэщIагъэм хуеджами, Артур зэрыцIыкIу лъандэрэ щIэхъуэпсырт кином, телевиденэм пыщIа хъуным. ИкIи и хъуэпсапIэм хуэзышэн лъагъуэ къигъуэтыфащ абы. Иджыпсту ар ди хэгъэгум щынэхъ лъэрыхь «Архъыз-24» телеканалым щолажьэ. Абы Iэзагъ хэлъу ирегъэкIуэкI «Шоу город», «Стих и я» нэтынхэр.
- Телевиденэм езым и дуней щхьэхуэ иIэжщ. Мис а дунейр си псэм и щытыкIэм пэгъунэгъущ. Си гупсысэр цIыхухэм я деж щынэсхьэсыфкIэ, си гур хохъуэ. Си лэжыгъэм апхуэдэ Iэмал къызет, - жеIэ Артур.
Чэнджэщауэр усыгъэм зэрыхуэкIуами хъыбар щхьэхуэ иIэжщ. Дэтхэнэ творческэ цIыхум хуэдэуи, зэрысабийрэ зы хьэл иIэт абы - псори гукIэ игъэвырт. Ар Iейми фIыми хэт ищIэн, ауэ и гъащIэм, и хъуреягъкIэ къэхъу Iуэхугъуэхэм и гум лъэужь куу къытрадзэрт. Псом хуэмыдэу псэкIэ зыхищIэрт адыгэ лъэпкъым и тхыдэм епха Iуэхугъуэхэр, яIуэтэжу зэхих хъыбархэр.
- Адыгэ хабзэм тет, абы пщIэ щыхуащI унагъуэ дыкъыщыхъуащ. Ди дадэм, адэ-анэм къысхалъхьа гъэсэныгъэм, гъащIэ бгъэдыхьэкIэм си гупсысэр япсыхьащ. Си гум щыхъэхэр илъэси 10-м ситу усэкIэ стхыуэ щIэздзащ. Си япэ усэм и цIэри сощIэж - «Кавказ» жиIэу фIэсщат абы, - и гукъэкIыжхэмкIэ къыддогуашэ Артур.
Дауи, зи лъэпкъым фIылъагъуныгъэ къабзэ хузиIэ щIалэм и творчествэр нэхъыбэу зытеухуар Кавказырщ, къыщыхъуа и хэкуращ. Артур адыгэм игъэва гуауэри, хуэфащэ щIыхьри и усэхэм къызэрыщигъэлъэгъуэным хущIокъу. КъищынэмыщIауэ, лъагъуныгъэми, зэныбжьэгъугъэми, цIыхухэр зыIууэ лъэпощхьэпохэми, къэралым къыщекIуэкIхэми теухуащ Артур и усэхэр. НыбжькIэ щIалэми, Артур куууэ гъащIэм пхоплъыф. Ар щынэрылъагъущ и къалэмыпэм къыщIэкIахэм.
- УсакIуэм пэжыр и Iэпэгъуу щытын хуейщ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, мызэ-мытIэу срихьэлIащ зи усыгъэмрэ зи Iуэху зехьэкIэмрэ зыкIи зэмыкIуалIэ усакIуэхэм - жаIэр зыуэ, ящIэр нэгъуэщIу. Дауи, усакIуэр цIыху къызэрыкIуэщ, ари щыуэнкIи мэхъу. Ауэ усэр и гъащIэм щыщ щыхъуакIэ, абы и щыуагъэхэм гу лъитэжу щытыпхъэщ, икIи лъэпкъым и пащхьэ щихьэкIэ зыкIэлъыплъыжыпхъэщ. УсакIуэм къалэнышхуэ и пщэ къыщыдохуэ жылагъуэм деж - и псалъэр зыхуэгъэзахэм зыхащIэнур куэдкIэ елъытащ езым и дуней тетыкIэм, - жеIэ усакIуэ ныбжьыщIэм.
Артур киноми пыщIащ. И ныбжьэгъу, режиссёр Хьэсанэ Артур и гъусэу ар куэд щIауэ йолэжь «Герои Черкесии» художественнэ фильмым.
КъищынэмыщIауэ, ди лъэпкъэгъу щIалэ зэчиифIэм и мурадщ «История Черкесии в стихах» фIэщыгъэр иIэу къыдигъэкIауэ щыта документальнэ фильмым щIэрыщIэу елэжьыжу, иджырей зэманым езэгъыу, екIуу дунейм къытригъэхьэну. Мурад дахэщи, Тхьэм къыдигъэхъу!
ГЪУКIЭКЪУЛ Иринэ. Черкесск къалэ.
«Си усакIуэ Iэпщэр си адэм иIыгъщ…»
Къащохъу абы, ди лъэпкъыр псынэ закъуэу
Мы гъащIэм и пшахъуэщIым хэгъуэжыну,(…)
Абы яцIыхукъым гуауэр зэрыуэсыр,
Ди лIахэр жылэ нэхуу зэрыхэтсэр,
Зэгуэрым ди Хэкужь къыщыкIыжыну.
Мы сатырхэр зи IэдакъэщIэкI усакIуэ Бемырзэ Зураб и дэтхэнэ усэри къызыхэкIа лъэпкъым хуэгъэзащ жыпIэми, ущыуэну къыщIэкIынкъым. ЕгъэджакIуэу лэжьэн щIэзыдза Зураб иужьым еджапIэ унафэщIым и къуэдзэуи, еджапIэм и унафэщIуи щытащ. И лэжьыгъэм егугъуу зэрыбгъэдэтым и щыхьэту, ар хагъэхьащ еджапIэхэм зэрыщрагъаджэ анэдэлъхубзэ тхылъхэр, методическэ чэнджэщхэр зэхэзылъхьэхэм.
Журналисту лэжьэн щIидза нэужьи абыи ехъулIэныгъэхэр щызыIэригъэхьащ, Къэрэшей-Шэрджэс хэгъэгум щIыхь зиIэ и журналист цIэр къыхуагъэфэщащ, Урысейпсо цIыхубэ фронтым (ОНФ) Москва деж щригъэкIуэкI журналист зэпеуэм щытекIуащ. А зэхьэзэхуэр езыгъэкIуэкIа жылагъуэ зэхыхьэм гу къылъатэри ирагъэблэгъауэ, ОНФ-м и хэгъэгу къудамэм и пресс-IэнатIэм и унафэщIу мэлажьэ.
А псом ищIыIужкIэ, Зураб драматург лэжьыгъэми зрипщытащ. Абы и балигъ, сабий пьесэхэм гъуэгу щагъуэтащ ди хэгъэгум и мызакъуэу, гъунэгъу республикэхэми. Урысейм ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм Москва щригъэкIуэкI зэхьэзэхуэ зыбжанэм абы и IэдакъэщIэкIхэр щытекIуащ. Шэч хэмылъу, лъэпкъ драматургиер фIыкIэ зыщыгугъ хъунухэм ящыщщ Бемырзэр.
А псом ефIэкIыж зэфIэкI Зураб къыщегъэлъагъуэ усыгъэм. И адэ Бемырзэ Мухьэдин иришэжьауэ щыта лъэпкъ гупсысэм, усыгъэ макъамэ лъэщым пызыщэжа усакIуэщ Зураб. Журналист нэхъыжьыфI, КъШР-м и адыгэ телевиденэ къудамэм и унафэщI ЩакIуэ Мусэлы абы теухуауэ триха нэтыным щыжиIауэ щытащ Зураб «АдэфI къуэфI хуэщкъым» ижьрей адыгэ псалъэжьыр и усыгъэмкIэ, и лъэпкъ гупсысэмкIэ, и дуней тетыкIэмкIэ зэримыгъэпэжар, атIэ и адэм хуэфэщэн къупщхьэу дунейм зэрытетыр.
Кавказ Ищхъэрэм и мызакъуэу, Зураб и усыгъэм и макъамэ гъэщIэгъуэныр къыщацIыхуащ Урысей утыкуми. И усэхэм, прозэм гу къылъатэри, и IэдакъэщIэкIхэр хагъэхьащ Москва щызэхагъэува «Новые писатели России» тхылъым и къыдэкIыгъуэ зыбжанэм - 2013, 2014, 2015, 2016 гъэхэм дунейм къытехьа тхылъхэм. Апхуэдэуи абы и къалэмыпэм къыщIэкIахэр ихуащ «Поэтическая строка» урысейпсо тхылъ зэхуэхьэсам, «Iуащхьэмахуэ», «Дарьял», «Вайнах», «Новая литература», «Журнальный мир», «Подъем» литературэ журналхэм, нэгъуэщIхэми. Езыми 2015 гъэм къыдигъэкIащ «Зы щIымахуэм и плъыфитI» зыфIища, прозэрэ усэрэ щызэхуэхьэса тхылъыр.
А псом ящхьэжщ къэралым пщIэрэ щIыхьрэ щызиIэ литераторхэм я тхыгъэхэр щызэхуэхьэсауэ, илъэс 30-м къриубыдэу зэ къыдагъэкI Урысейпсо антологиехэм Зураб и IэдакъэщIэкIхэр зэрыхагъэхьар: «Современная литература народов России» (Москва, 2015), «Современная поэзия народов России» (Москва, 2016), «Современная детская литература народов России» (Москва, 2017) къыдэкIыгъуэхэм.
Бемырзэм и усэхэр зэрадзэкIащ лъэпкъыбзи 10-кIэ - Кавказ Ищхъэрэм щыпсэухэм я бзэхэмкIэ нэмыщI, тыркубзэкIэ, абхъазыбзэкIэ, удмуртыбзэкIэ, эрзяныбзэкIэ. Урысейм и литературэдж цIэрыIуэ, литературэ обозреватель Александров Николай «Эхо Москвы» радиостанцым щекIуэкIа нэтыным Зураб и усэхэм къыщеджэу жиIауэ щытащ: «Мы сатырхэр лъэпкъ усыгъэхэм я бжэр къытхузэIузыхщ».
Апхуэдиз зыхузэфIэкIа щIалэм усакIуэ, тхакIуэ нэсу зыкъилъытэжыркъым, утыкум бгъэрыкIуэу иткъым. Зи тхыгъэхэр Урысейм и мызакъуэу, адыгэхэр щыпсэу къэрал псоми фIыкIэ къыщацIыхуа, зи усыгъэр лъэпкъым махуэу Iурылъ Бемырзэ Зураб езым нобэ жиIэр зыщ: «Сыт щыгъуи жызоIэ ар - сэ усэ стхыми, сыусакIуэкъым. УсакIуэр - си адэрат. Си бзэр, си Iэр усэным хуэушэу аркъудейщ. Къамэ Iэпщэр зыубыда Iэм уэкIэм теухуа чэнджэщ иратыжыркъым. Апхуэдэщ сэри си Iуэхур - си усакIуэ Iэпщэр си адэм иIыгъщ…»
ЩОХЪУЖЬ Лусанэ. Черкесск къалэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "748.txt"
} |
СулътIан Къанщауэ Гъур и «Къащидэ лъапIэхэр»
Илюшинэ Миланэ (Санкт-Петербург) тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат, доцент
Иужьрейм ипэ къихуэу мамлюк сулътIану тета Аль-Гъуурий Къанщауэ (1501 - 1516) и усэ тхылъ Iэрытх щIэлъщ Дание пащтыхьыгъуэм и тхылъ хъумапIэу Копенгаген дэтым.
Ауэ Iэрытхым тепщIыхьмэ, сулътIаным зэреджапхъэр Аль-Гъэурий Къанщауэщ, сыту жыпIэмэ, унэцIэм и япэрей хьэрфым IупщIу фэтхьэ («э» кIэщI) телъщ. А хьэрфзешэ дыдэращ телъыр «Къащидэ лъапIэхэр» и фIэщыгъэу Аль-Гъэурий и мамлюкхэм язым кърыригъэтхыкIа усэ тхылъу Iэрытххэм я институтым, Каир дэтым, щIэлъми. (Дание тхылъ хъумапIэм щIэлъ Iэрытхым ит усэ плIыщIрэ тIум щыщу щэщIрэ хыр, къазэрыщхьэщыкIышхуэ щымыIэу, «Къащидэ лъапIэхэм» тохуэ). «Э» кIэщI телъщ Аль-Гъэурий Къанщауэ и цIэкIэ икIи и лъэIукIэ ящIа «Шахнаме» тхылъым и копиеми.
Тхыдэтх Ибн Ийас (1448 - 1524) сулътIаныр тахътэм щитIысхьа махуэм ирихьэлIэу хузэхилъхьа усэми, 1512 гъэм и гъэмахуэм къэхъуа Iуэхугъуэхэм щытепсэлъыхьыж къащидэми Аль-Гъуурий цIэ лейм хэт «гъ» хьэрфым щытрилъхьэр дэммэщ («у»-кIэщI). Гугъущ уи нэгу къыщIэбгъэхьэну сулътIаным и лъэхъэнэгъуу щыта, шэрджэс мамлюк унагъуэм къыхэкIа тхыдэтх цIэрыIуэ Ибн Ийас сулътIаным и унэцIэр пэжу зэратхыр имыщIауэ. Апхуэдэ дыдэу, фIэщщIыгъуейуэ къыпщохъу езы сулътIаным и унафэкIэ ятха тхылъхэм щыуагъэ кIуэнри. Мысыр тхыдэтх Шэхьбан Мухьэммэд Марсэ зэрыжиIэмкIэ, Iуэхур дыкъуакъуэ зыщIа щхьэусыгъуэу щытынкIи хъунур Къанщауэ и хэкур Аль-Гъэур (иджырей Иорданием, Палестинэм, Израилым хыхьэ) щIыпIэм ирипхыну зэрыхуеярщ. Апхуэдэ гукъыдэж абы ищIынкIи щIэхъуар къыбгурегъаIуэ сулътIаным шэрджэсхэр гъэсанидхэм къатехъукIауэ, абы къикIыр - хьэрып лъабжьэ яIэу - жиIэу зэрыщытам. Ибн Ийас и тхыдэр щитхыжар Мысырыр Уэсмэн къэралыгъуэм хыхьа нэужьщ, абы щхьэкIэ мамлюк сулътIаныр хьэрыпхэм къахэкIауэ къигъэлъэгъуэныр фIэигъуа къыщIэкIынкъым. Иджырей тхыдэ щIэныгъэм тхыкIитIми ущрохьэлIэ: Аль-Гъуурий, Аль-Гъэурий. Мы лэжьыгъэр урысыбзэ тхыгъэхэм нэхъыбэрэ къыщыкIуэ Аль-Гъуурий тхыкIэм тетщ.
Мамлюк дзэзешэ куэдым хуэдэу, Къанщауэ Гъур къызыхэкIам теухуауэ хъыбар гунэс щыIэкъым. Абы и цIэ лейр Каир дэт быдапIэм хыхьэ Аль-Гъуур казармэм ирапх. Къаит-бей (1468 - 1496) и мамлюкыу щыщыта зэманым Къанщауэ абы щеджагъэнщ. Хуэзыгъэфащэ щыIэщ сулътIан хъуну зи натIэ щIалэр куржы къалэ Гори е абы и Iэгъуэблагъэм къыщалъхуауэ, сыту жыпIэмэ, аль-Гъуур казармэм щIэса мамлюкхэм я нэхъыбэр а щIыпIэм щыщт. Мысырым Къанщауэ къэзышауэ зыхуагъэфащэр Бабирди зи цIэ сондэджэрырщ.
Къанщауэ Гъур Къаит-бей и мамлюкыу щытащ. Щхьэхуит хъуа нэужь, абы шырэ фащэ къызыхащIыкIын щэкIрэ къратащ, итIанэ сулътIаным и камердинеру - мамлюк аль-джэмдария - жыхуаIэм хуэдэу ягъэуващ. ИтIанэ щIалэр Къаит-бей и хъумакIуэхэм хагъэхьэ. 1481 гъэм, езым и цIэджэгъу, дзэзешэ ХъэмсмиIэ Къанщауэ и жэрдэмкIэ, Къанщауэ Гъурыр Мысыр Ищхъэрэм и кашифу (унафэщIу) ягъэув. Илъэсищ докIри, ар пщIым я дзэпщ цIэр зэрихьэу Хьэлэб ягъакIуэри, Тарсус и къалэтет мэхъу, зэман докIри, Хьэлэб къегъэзэж. 1489 гъэм щегъэжьауэ ар сэреидзэм и пашэу, а къалэм сулътIаным щилIыкIуэу мэлажьэ. 1493 гъэм Къанщауэм зыкъэзыIэтахэр щытхъу къилэжьу игъэмамырыжащ. КъыкIэлъыкIуэу ар Малатье (Анадолэ КъуэкIыпIэм) и тет хъуащ. ЩIыпIэ пхыдзахэм фIыуэ зэрыщылажьэм и фIыгъэкIэ Къанщауэ Гъур зи унафэм зауэлI мин нэхърэ мынэхъ мащIэ щIэт сулътIаныгъуэм и дзэпщ пэрытхэм ящыщ ящIат. Къаит-бей дунейм ехыжу абы и къуэ Ан-Насир Мухьэммэд трагъэкIа нэужь, сулътIан хъуну къагъэлъагъуэхэм язт Къанщауэ Гъур. Аз-Захир Къанщауэ (1498 - 1499/1500) ар сулътIаным и мамлюкхэм я пашэу зэригъэуву, Къанщауэ Гъур Аль-Адиль Тумэнбей дзыхь зыхуищI къулыкъущIэхэм ящыщ хъури, администрацэм зэуэ къулыкъуиплI щрихьэкIын щIидзащ: дэуэдар нэхъыщхьэ - «шакъалъэм и хъумакIуэ» (сулътIаным и дэфтэр хъумапIэм и унафэщI); уэзир (ар налогхэмрэ сулътIаным и пщэфIапIэмрэ кIэлъыплъырт), устадар (унэзехьэ, сулътIаным и чэнджэщэгъу, сулътIаным и унафэр абы и псэупIэхэм, и хъумакIуэхэм, и мамлюкхэр зыщIэс казармэхэм щыпхызыгъэкI), кашиф нэхъыщхьэ. Аль-Адиль Тумэнбей 1501 гъэм мэлыжьыхьым и 19-м традзащ. Абы и пIэ иувэну хэта эмиритIыр къанэри, къыкIэлъыкIуэ махуэ дыдэм, 1501 гъэм мэлыжьыхьым и 20-м, Къанщауэ Гъур сулътIан хъуащ. Ибн Ийас щыхьэту къоув абы унафэр къыIэрыхьэу тахътэм щитIысхьа махуэм гъыныр зэпимыгъэууэ, сулътIаныгъуэри тепщэм хуэфащэ щхьэешыхьэкI фIыцIэри къищтэн имыдэу нэпс куэд зэрыщIигъэкIамкIэ. Апхуэдэу хъуами, къыкIэлъыкIуэ илъэс пщыкIутхум сулътIаным ткIийуэ Мысырым унафэр щиIыгъыфащ.
ЕпщыкIутхуанэ лIэщIыгъуэм и кIэм мамлюк тепщэгъуэр мылъку и лъэныкъуэкIэ къызэрымыкIуэ щытыкIэ гугъу ихуат. Хэхъуэ зимыIэж хъарзыналъэр зэригъэпэщыжын папщIэ, Къанщауэ Гъур хэхыпщIэхэр, къэрал ихьэпщIэхэр нэхъыбэ ищIат, псапэхуэщIэу зэрахьэ хэхъуапIэ гуэрхэр хэкум и мылъкум хигъэхьат. Ар зи гуапэ мыхъуа къулыкъущIэхэми цIыхубэми я мыарэзыныгъэр нэрылъагъут. СулътIаным и Iуэху зехьэкIэ ткIийм япэщIыкIэ фейдэ къимыхьу къафIэщIащ, къекIуэкI хабзэм тету унафэм къыпэщIэувэхэмрэ ныкъуэкъуэххэмрэ къалащхьэм дагъэIэпхъукIмэ мынэхъыфIу пIэрэ жаригъэIэу. Къаугъэхэр зэпыуртэкъым. Къулыкъу зезыхьэхэм гурыщхъуэ зыхуамыщI яхэттэкъым, илъэс нэхърэ нэхъыбэкIэ тепщэгъуэм щагъэлэжьаи къахэкIакъым. Зэрытеувэрэ илъэситху щрикъум, сулътIаныр традзыну зи мурад щIэпхъаджащIэ гуп аргуэру къаубыда нэужь, Къанщауэм и гур нэхъ загъэри, апщIондэху Каир къимышэу щIыпIэ пхыдза гуэрым щиIыгъа и щхьэгъусэр Чэщанэм къигъэIэпхъуауэ щытащ.
Къанщауэ Гъур адрей мамлюк сулътIанхэм нэхърэ мынэхъ мащIэу елIалIэрт сулътIаным и пщIэмрэ и Iулыджымрэ зыIэтыну Iуэхухэм. Диным зэрызыщIигъакъуэмрэ щэнхабзэм зэрыхэлэжьыхьымрэ я фIыгъэкIэ, абы Алыхьталэм фIэлIыкI, щIэныгъэр зи щIасэ сулътIану фэ къытеуат. Мылъкур бэгъуэн папщIэ зэхуигъэхъуа экономикэ зэхъуэкIыныгъэхэми къулыкъущIэхэм я зэныкъуэкъум кърикIуэ Iэуэлъауэхэми нэхъ фагъуэ ящIэхъукIыртэкъым псапэу къаIэт Iуэху щхьэпэхэри, щIэх-щIэхыу къызэIуах мэжджыт лъагэхэри, еджапIэ телъыджэхэри, тхылъ хъумапIэ бейхэри.
1503 гъэм и гъатхэм сулътIаным и унафэкIэ яухуа мыдрисэ телъыджэ къызэIуахат. Абы теухуауэ къаIэта тхьэлъэIур жэщ псокIэ екIуэкIащ. Мыдрисэ унэр дахэу зэрызэлъыIуахам зэритхьэкъуам къыдэкIуэу, къекIуэлIахэр уэздыгъэ цIыкIухэмкIэ къэгъэнэхуа Iэнэхэм ятелъа ерыскъы берычэтыр ягъэщIэгъуат. ИужькIэ сулътIаным мыдрисэм пэгъунэгъуу кхъэлэгъунэрэ псыутх зыхэт псы ефапIэрэ хригъэщIыхьащ, 1503 гъэм абы мэжджытыщIэ щригъэухуащ.
Къалэ лъапIэхэм хьэжыщI кIуэхэр зэкIуалIэ Акъабэ, Къанщауэ и унафэкIэ, гъуэгурыкIуэхэр зыщIэсынрэ быдапIэ зыбжанэрэ дащIыхьат. 1515 гъэм и бжьыхьэм Хъаирбек зи цIэ архитекторыр инженер, пхъащIэ, ухуакIуэ гуп и гъусэу Мэчэм кIуауэ щытащ гъуэгурыкIуэхэм папщIэ сымаджэщрэ екIуэлIапIэрэ иухуэну. КъищынэмыщIауэ, абыхэм унафэ хуащIат Мэжджыт ЛъапIэм и пщIантIэр мывэкIэ къращIыкIыну, Базан псыежэхым икIыу къалэм псы ирашэлIэну.
1506 гъэм и кIэм е 1507 гъэм и пэщIэдзэ дыдэм Щам кърашри мысыр къалащхьэм пхъэщхьэмыщхьэ жыгхэр, удз гъагъэхэр, кокос пальмэхэр Чэщанэм и гупэм кърагъэ-
тIысэкIат. Ибн Ийас зэрыжиIэмкIэ, Къанщауэ Гъур жэрдэмыщIэхэм зыIэпишэрт икIи хадэщIэм къыщикIухьын фIэфIт. 1508 гъэм абы гуэл IэрыщIрэ IущIыхьхэмрэ хащIыхьащ. 1513 гъэм сулътIаным унафэ ищIащ Каир псыутхыщIэхэр щыпхашыну.
СулътIаныр ящыщт тхылъ зэдзэкIыныр, ахэр щIэрыщIэу къратхыкIыжурэ къыдагъэкIыныр зыфIэигъуэ тепщэхэм. Къанщауэ цIэрыIуэщ мамлюк сэрейм щIэлъ Iэрытххэм сурэт япэу зэрахуригъэщIамкIэ. Езы сулътIаным и Iэдакъэ къыщIэкIауэ тхыгъитI хэIущIыIущ. Мысыр щIэныгъэлI Аззам Абдулуэхьэб а тхыгъэхэм щытопсэлъыхь 1941 гъэм утыку кърихьа лэжьыгъэм. Езым хуагъэфэща щытхъу усэм Къанщауэ усэбзэкIэ иритыжа жэуапыр Аль-Гъази Нэжмудин и биограф псалъалъэм къыщехь.
Дание пащтыхьыгъуэм и тхылъ хъумапIэм щIэлъ Iэрытхыр фIыуэ хъума хъуакъым, и Iыхьэ гуэрхэр къыпхуихыркъым. Ар къизытхыкIари, щатха илъэсри хэплъагъукIыркъым. Тхьэмпэ плIыщIыр (тхылъымпIэ напэ къэс сатырибгъу тету) зи къуапэхэр кхъуэщыныфэкIэ къэдыхьа европей тхылъымпIэ Iувыр и жинту зэкIэрышхащ. А теплъэщIэр Iэрытхым щигъуэтар Даниерауэ хуэгъэфэщэгъуафIэщ. И дзакIэм «CRVIII» хьэрфхэр къытенащ икIи тетхащ: «Poёmata Sultani Kanzuh el-Gauri». Тхыгъэм хьэрфзешэхэр псори телъщ, зэрытхар шакъэ фIыцIэщ, нэсхъ IупщIщ, шакъэ плъыжьми урохьэлIэ, псалъащхьэхэр дыщэпскIэ тхащ. Иужьрейм ипэ ит усэм псалъащхьэ теткъым.
Тхылъым ит усэхэм я нэхъыбэр диным епхащ. СулътIаным и цIэр къызыхэщ едзыгъуэ къэс ар Алыхьталэм фIэлIыкI муслъымэныфIу, фIэщхъуныгъэ куу зыбгъэдэлъ къэрал тепщэу уи нэгу къыщIегъэхьэ. Едзыгъуэ щхьэхуэхэм суфийхэм я усэ гъэщIэрэщIэкIэ Iэмалхэм уащрохьэлIэ:
1. Тепщэр Уэращ, Iуммэтри Ууейщ,
Гъуурийуэ Уи тхьэмыщкIэм ныббгъэделъхьэ
КъыIэщIалъхьа сулътIан пщэрылъыр...
2. И Тхьэм йолъэIу Гъуурийр,
Сыт хуэдэ Iуэху къыхукъуэкIми,
Пащтыхь ящIащ ар,
Ауэ Лъагэуэ ЛъапIэм и пщылIу къэнащ.
3. КъадэIэпыкъу къыпщыгугъхэмрэ
Уи пщылI Гъуурийрэ;
Уи нэфIыр псэм и плъапIэщ…
4. Iэшрэф Гъуурий дзэр зэригъэпэщащ,
ЩIэтщ зауэлIхэр сулътIаным и унафэм;
5. Тхьэм и Нэхур илъагъуну пIэрэ Гъуурий?
Арат ар зыщIэхъуэпсыр,
Пащтыхьыгъуэми тахътэми хуемыплъэкIыу.
6. ПсэкIэ чэфщ Гъуурий,
Гур зыгъафIэ а махъсымэ IэфIым еIубащи…
7. СулътIан тахътэм ис Гъуурий щыхьэту къоув
Нэхур пащтыхьыгъуэм зэрефIэкIымкIэ.
8. КупщIэ щIэлъщ Гъуурий и усыгъэм,
Гум къинэжынущ;
Абы ещхь усакIуэ дапщэ тета мы дунейм,
И цIэр иджы зыми ямыщIэжу.
9. Къарууншэщ Уи пщылI Гъуурий,
Гур фIагъэкIуэдащ къыIэщIэщIа гуэныхьхэм;
ГущIэгъубэм къолъэIу и псэкIуэдхэр
хуэбгъэгъуну!
10. Гъуурийуэ Уи пщылIыр езыр гу Iувкъым:
Зэпыукъым абы Тхьэм фIэлIыкIыу щIигъэкI
и нэпсхэр;
11. ФIыгъуэр зыугуэшым Уи гущIэгъум щогугъ,
КъагъэщIахэм я нэхъ Iейм
Щыпхъумэну мэлъаIуэ;
12. ПсэкIэ зыныуитащ Гъуурийуэ уи пщылIым,
И гупэри къыхуэбухам хуигъэзащ.
13. Гуэныхьыбэу уи пщылI Гъуурий
ЩIегъуэжакIэщ икIи къигъэзэжакIэщ…
14. Тхьэуэ Лъэщым йолъэIу Гъуурий
И псэкIуэдхэр хуигъэгъуну;
15. Абы и унафэр егъэзащIэ,
ФIыщIэ хуещI, и щытхъури еIэт;
16. Уэращ щыуагъэхэр зыгъэзэкIуэжыр,
Гъуурийр узыгъэпэж уи пщылIщ;
17. ГуфIэгъуэ Iэджэм щIэлъэIуу щыта Гъуурийм
Иджы Уи деж екIуэлIапIэ къыщелъыхъуэ;
18. Алыхьырщ Гъуурий зыхуэныкъуэр,
Абы жиIэр фIэзахуэщ,
И унафэм щIодэIу,
И щIыхьэпIэм деж Iутщ;
19. Зэхэх и тхьэлъэIур
Тобэ къэзыхьыжа уи пщылI Гъуурий!
20. Гъуурийуэ уи пщылI тхьэджэм
Сыту фIы куэд Iэрыхьат Уэ Уи тыгъэу!
21. БзэгукIи гукIи
ФIыщIэ хуещI и Тхьэм Гъуурий,
ПсэкIуэдхэм щыщтэу
Тхьэм и гущIэгъум зыкъуедзэ;
22. Гъуурий и псэм телъ бжьыгъэр
тригъэкIыжыну хуейщ,
ГущIэгъубэм йолъэIу зыхуигъэгъуахэм яхибжэну;
23. Щыхъумэ залымыгъэм
Уи пщылI Гъуурий,
И чэзур къэсмэ!
24. ЩифIэщщ Гъуурий и фIылъагъум,
Ар и гъусэщ Алыхьталэм щыгугъхэм,
Тхьэм и пщылIхэм яхэткъым
абыхэм нэхърэ нэхъ лъэщ;
25. Уи щабагъым щогугъ Гъуурийр,
Къэпхъумэну мэлъаIуэ…
ФIыщIэр гу къабзэкIэ еIэт;
26. ГущIэгъум хиубыдэнырщ абы и плъапIэр,
КъыдэIэпыкъу, ди Тхьэ, гъуэгу захуэм
темыгъуэщыкIынкIэ;
27. Уи пщылI Гъуурийр мэкIэзыз,
Гъазэ имыIэу зэринэкIащ абы и псэкIуэдхэр;
28. Зиусхьэныр арэзы къыхуэхъуну
Мэгугъэ абы и пщылI Гъуурий;
29. Уи пщылI Гъуурий щIегъуэжри къигъэзэжащ,
И щIыб яхуигъэзэпащ абы и гуэныхьхэм;
30. Гъуэгу захуэм тету шэ пщылI Гъуурий,
Тхьэм и нэфIыр тыгъэ абы къыхуэщI;
31. Мы дунейми адрейми
Псори щызезыгъакIуэм
И гъащIэр IэщIелъхьэ Гъуурий,
Хуэарэзыщ Алыхь унафэм;
32. ПэIэщIэ щIы и щыуагъэхэм Гъуурий,
Уи пащхьэ ныщихьэжкIэ…
33. Уэ ди Тхьэ! Мыр жызыIэр Гъуурийщ…
34. Уэ Гущабэ! Уи пщылI Гъуурий
ПщIыхьэпIэ къыхуэбгъэкIуэну мэлъаIуэ;
35. Сэ, Гъуурий-пщылIыр
СыпхуэжыIэщIэщ, схуэбгъэгъуну солъаIуэ;
36. Щыхьэту къоув Уи пщылIыр
Уэ УзэрызакъуэмкIэ…
37. ФIылъагъум щифIэщщ Гъуурий
ИгукIи, и гукъэкIхэмкIи;
38. ИщIахэр къабылу IахынкIэ
Мэгугъэ Гъуурий,
Хуэкъабзэщ абы и гур Алыхьу къэзыгъэщIам;
39. Сэ - Аль Iэшрэф Гъуурий-пщылIыр
ПщылIхэм я Тхьэм солъэIу си натIэ
итым сыхуигъэзэну;
40. Сытри зигу пыкI! Уэ къызэптащ
Уи Унэмрэ ЩIыналъэ ЛъапIэмрэ
сахуэпщылIын къалэныр,
Пащтыхьыгъуэри къысIэщIэплъхьащ…
41. Хуэхъу Абы дэIэпыкъуэгъу, Гъуурий;
42. Уа, пщылIхэм япщ! Уи пщылI Гъуурий
Иджы щIыналъэхэм я нэхъыфIым хуопабгъэ,
ЩхьэщыжакIуэм деж, и чэзур къэсмэ,
екIуэлIэжыну.
Гъуурийр муслъымэн Iэсэу, зи гупсысэхэр псори Тхьэм хуэгъэза, зи IуэхущIафэхэр цIыхубэм яфI зыхэлъ къэрал унафэщIу къыхощ мы сатырхэм. Аращ мыхьэнэ нэхъыщхьэу мы усэхэми, ахэр гу лъумытащэу зэзыпх щIагъыбзэми къыхэбджыкIыр. Суфийхэм я гугъу зэрищIым къегъэлъагъуэ абыхэм мамлюк жылагъуэм увыпIэшхуэ щаубыду зэрыщытар. Мамлюк сулътIанхэм ущиякIуэхэм папщIэ хэщIапIэ куэд яухуащ, абыхэм пашэ яхуэхъунур нэхъыбэм езыхэм къагъэлъагъуэрт. Апхуэдэ хэщIапIэхэм щагъасэ зауэлIхэм папщIи псэупIэ щыхагъэщхьэхукI къэхъурт, псалъэм папщIэ, Бейбарс ЕтIуанэм иухуахэм ещхьу. Езы Къанщауэ Гъур хъэлуэтийэ суфий къудамэм и япэрей зэхуэсыпIэр къызэзыгъэпэща Гюльшени Ибрэхьим (1534 гъэм дунейм ехыжащ) зыщIигъакъуэу щытащ. 1516 гъэм, Мардж Дэбикъ деж мамлюкхэр уэсмэнхэм щапэщIэува зауэзэрылI нэхъ иным ипэ къихуэу, Къанщауэ Гъур бэдэуийэ, къадирийэ, рифахьийэ къудамэхэм я ущиякIуэхэр дэщIыгъуу и дзэхэр къызэхикIухьауэ щытащ.
СулътIаным и зауэлIхэмрэ и пщылIхэмрэ я гугъу щещI усэ тхылъым и япэ напэкIуэцIхэм:
Си зауэлIхэр зыгу-зы щхьэу зэкъуэгъэувэ,
Къабзэрэ IупщIу щрет абыхэм я плъапIэхэр;
ПцIыкIэ ди ужь къихьахэр зэтекъути гъэкIуэд,
Хахуэм, пэжым, лIыгъэ зыхэлъым
И лъэр гъэбыдэ;
ЩIэгъэт ахэр си жьауэм,
Ахэращ хэкум и гугъэри и хъумакIуэри;
Закъытеубгъуи, къалъыгъэс абыхэм
Лъагэу зыIэтын ехъулIэныгъэ;
Псом ялейуэ хэкур зыщыгугъхэм,
Псапэр я Iэпэгъуу, ухыгъэм и пащхьэ итхэм.
ЩIэтщ дзэр унафэм,
Псори къытхуэпэжщ, псори зэрыIыгъщ.
Ди къуэхэм хуэдэу долъагъу, зэхэгъэж дымыщIу;
Алыхьым къихъумэ, я зэкъуэтыныгъэм хэмыщIу;
Гури псэри егъэнщI фIылъагъуу яхузиIэм,
ГуфIэгъуэкIэ Тхьэм дызэхуишэсыж.
Ящыщ дэтхэнэри ди къуэшщ,
Блыным хуэдэу мыланджэу хэкур яхъумэ,
Я къарур трагъэкIуадэ;
ТекIуэныгъэр зи Iэпэгъу ди шуудзэм
И шу къэс пэжкIэ къыдбгъэдэтщ,
Зыми гурыщхъуэ хуэдмыщIу.
НыбжьыфIэ къэс ди адэщ; лIыкур ди шынэхъыжьщ,
НэхъыщIэ псори ди бын пэлъытэщ.
Мы ищхьэкIэ къэтхьа сатырхэм мамлюк жылагъуэри, сулътIан унафэри, зауэлI текIуэныгъэри зи Iэпэгъу хабзэхэр къагъэлъагъуэ. А хабзэ лъагэхэм мамлюкхэр пэIэщIэ хъуху, къэралым къыщыхъу зэрызехьэхэри нэхъ шынагъуэ хъурт, сулътIаным и унафэми, и гъащIэ дыдэми куэд ямыкIужыныфэ къытеуэу. Дзэм зэкъуэтыныгъэр зэрыфIэкIуэдамрэ уэсмэнхэм ягухьа дзэпщыр къазэрепцIыжамрэщ щхьэусыгъуэ хуэхъуар мамлюкхэр Дэбикъ губгъуэм зэрыщызэхакъутами Къанщауэ Гъур сулътIаныр зэраукIами.
Данием и пащтыхь тхылъ хъумапIэм щIэлъ тхылъ Iэрытхым ит усэхэр мамлюкхэм я усыгъэм и щапхъэ гъуэтыгъуейщ. «Муашшахъ» тхыкIэкIэ зэхэлъхьа абы ит къащидэхэмрэ усэ гъэпсахэмрэ уи фIэщ ящI мамлюкхэм я щэнхабзэмрэ я цIыхубэ зэхэтыкIэмрэ бджын папщIэ, «Къанщауэ Гъур и Диваныр» мыхьэнэшхуэ зиIэ тхылъу зэрыщытыр.
Зыгъэхьэзырар Чэрим Марианнэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "749.txt"
} |
ЩIыпIэ унафэр зэрызэрагъакIуэм куэд елъытащ
КъБР-м и Парламентым и Президиумым и зэIущIэм Правительствэм щыхухаха зэманым хиубыдэу депутатхэр тепсэлъыхьащ «Урысей Федерацэм щIыпIэ унафэр щызегъэкIуэныр къызэгъэпэщынымкIэ псоми яхуэгъэза хабзэхэм я IуэхукIэ» 2003 гъэм жэпуэгъуэм и 6-м къащта Федеральнэ закон №131-ФЗ-мрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и законодательствэмрэ Прохладнэ къалэ округым зэрыщагъэзащIэм.
Къалэм и социально-экономикэ щытыкIэм зэпкърыхауэ тепсэлъыхьащ Прохладнэ къалэ округым и щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ Тараев И. В.
Прохладнэ къалэм цIыху 57857-рэ дэсщ. Абы щIыуэ гектар 3500-м щIигъу еубыд икIи а псори жылагъуэхэм яIыгъ щIы лIэужьыгъуэхэм хеубыдэ.
Лэжьэгъуэ ныбжьым ит цIыхухэр мин 34,8-рэ мэхъу, абыхэм ящыщу цIыху мин 29,1-р IэнатIэ пыухыкIахэм Iутщ, цIыхухэр лэжьапIэкIэ къызэгъэпэщынымкIэ центрым щатха лэжьапIэншэхэр 308-рэ мэхъу.
Доклад зыщIам зэрыжиIамкIэ, щIыналъэ администрацэр иджыпсту йолэжь къалэм и псэукIэр егъэфIэкIуэным, экономикэр гъэбыдэным хуэгъэза муниципальнэ программэхэр гъэзэщIэным. ЩIыналъэ бюджетым езым къызэригъэпэщыж хэхъуэхэр кIуэтэху нэхъыбэ мэхъу икIи ар дотацэхэм зэрелъытар процент 11,7-м нэсу ехащ. Къалэм и бюджетым къыIэрыхьэ хэхъуэхэр нэрылъагъуу нэхъыбэ зыщIхэм ящыщщ щIым техуэ налогымрэ къаIэрыхьэн хуейуэ къалъытэ хэхъуэм техуэ налогымрэ.
Налог зытехуэ IэнатIэу щыIэхэр яубзыхун, зэхуахьэс налогхэмрэ налогхэм ящымыщ ахъшэхэмрэ нэхъыбэ ящIын папщIэ гулъытэшхуэ хуащI щIы Iыхьэхэмрэ псэуалъэхэмрэ щIэпщытыкIыным. Абы папщIэ унагъуэхэр къызэхакIухь икIи абыхэм ябгъэдэлъ мылъкур, щIым техуэ налогыр зэратыр къапщытэ. Апхуэдэу муниципалитетым и бюджетым хэхъуэхэр къыхузэщIэгъэуIуэнымкIэ хэкIыпIэхэм ящыщщ муниципальнэ мылъкур бэджэнду зыIыгъхэм бэджэнд уасэмкIэ зэтрагъэхьа щIыхуэр къыхэхыжыныр.
Ауэ къалэм и экономикэм и лъабжьэр промышленностырщ. Къапщтэмэ, 2018 гъэм и япэ мазибгъум къриубыдэу Прохладнэ къалэ округым и предприятэ нэхъ инхэмрэ курытхэмрэ езыхэм къыщIагъэкIа хьэпшыпу, лэжьыгъэу, Iуэхутхьэбзэу сом меларди 2-рэ мелуан 26-м щIигъурэ ящащ. 2017 гъэм и апхуэдэ лъэхъэнэм елъытауэ процент 53,3-рэ мэхъу.
Ухуэныгъэм и IэнатIэм и гугъу пщIымэ, илъэсым щыщу блэкIа зэманым къриубыдэу уней лъапсэхэм хьэзыр щащIащ псори зэхэту метр зэбгъузэнатIэ 8353-рэ къызэрыкI унэщIэу 75-рэ. Апхуэдэу фэтэр 86-рэ хъу унэ яухуэ, фэтэр 16 хъу унэр сабий зеиншэхэм папщIэ зэрагъэпэщыж икIи ар 2019 гъэм хьэзыр ящIыну я мурадщ.
Къалэм къыщрагъэжьауэ щытащ узыншагъэр щрагъэфIакIуэ физкультурэ центр. А ухуэныгъэр ахъшэ зэрамыIэм къыхэкIыу къагъэувыIати, иджы лэжьыгъэхэм щIадзэжащ. Прохладнэ къалэм дэт район сымаджэщым папщIэ хирургие къудамэм щылэжьэн унэщIэ хьэзыр ящIащ, псори зэхэту гъуэлъыпIи 180-рэ щIэту.
Къалэ бюджетым къыхэкIыу сом мелуани 3-м щIигъу дэIэпыкъуныгъэ унагъащIэу 11-м иратащ. Апхуэдэу сабий зеиншэхэм, адэ-анэ зыщхьэщымытыж сабийхэм ящыщу 11-м псэупIэхэр хухахащ. Апхуэдэу сабиищ е нэхъыбэ зиIэ унагъуэу 12-м 2017 - 2018 гъэхэм къриубыдэу щIы Iыхьэхэр иратащ, езыхэр щыпсэун унэхэр иращIыхьын папщIэ.
Тараев Игорь и докладым къыщыхигъэщащ социальнэ мыхьэнэ зиIэ ухуэныгъэу, инженер сетхэм ящыщу къэгъэщIэрэщIэжын, къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжын хуейхэр зэрымымащIэр. Хуабжьу егупсысауэ бгъэдыхьэн хуейщ Прохладнэ къалэм и ищхъэрэ, ищхъэрэ-къуэкIыпIэ хьэблэхэр псыкIэ къызэрызэрагъэпэщыр егъэфIэкIуэным. Абы ипкъ иткIэ псы зрикIуэ, псы фIейр къызэрыщIаш бжьамийуэ зыкъом зэрамыхъуэкIыу хъунукъым.
Къэпсалъэм депутатхэр щыгъуазэ ищIащ «КъБР-м щыщ Прохладнэ къалэ округым и ищхъэрэ псы жапIэр реконструкцэ щIыныр» инвестицэ программэм хиубыдэ проект, сметэ тхылъхэр Прохладнэ къалэ округым и щIыналъэ администрацэмрэ КъБР-м Ухуэныгъэмрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министерствэмрэ зэщIыгъуу зэрагъэхьэзырым.
Апхуэдэу ар тепсэлъыхьащ ныкъуэдыкъуэхэм, зи лъэр къыщIэмыувэхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным хуэгъэзауэ зэфIагъэкIхэм, Прохладнэ къалэм щыIэ оперативнэ щытыкIэм, абы и социально-экономикэ зыужьыныгъэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм.
Апхуэдэу щыт пэтми, псалъэмакъым и ужькIэ депутатхэр куэдым щIэупщIащ.
КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ къигъэлъэгъуащ зи ныбжьыр илъэси 3-м щегъэжьауэ илъэси 7-м нэс сабий псоми яхурикъун сад IуэхущIапIэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къызэрыщызэрагъэпэщар икIи Прохладнэ къалэм и Iэтащхьэм еупщIащ абы и лъэныкъуэкIэ Iуэхур зэрыщытымкIэ.
Тараев Игорь къыхигъэщхьэхукIащ къалэ администрацэм иригъэкIуэкI лэжьыгъэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэ дыдэхэм социальнэ IэнатIэр зэращыщыр. Зи ныбжьыр школ кIуэгъуэм нэмысахэр щаIыгъ IуэхущIапIэу 21-м псори зэхэту сабий 3696-рэ йокIуалIэ, абыхэм ящыщу 700-р зи ныбжьыр илъэси 3-м щIимыгъуахэрщ. Мыгъэрей гъэ еджэгъуэщIэм щыщIадзэжым ирихьэлIэу сабий садхэу №7-мрэ №16-мрэ щIэуэ къыщызэIуахащ зи ныбжьыр илъэс 1,5-м итхэм щегъэжьауэ зэкIуэлIэну гупхэр. НэхъыщIэ дыдэхэм папщIэ апхуэдэ гупитI аргуэру 2019 гъэм къыщызэIуахынущ «Жызум совхоз» хьэблэм щыIэ сабий сад №10-м.
Докладым хиубыдэу екIуэкIа псалъэмакъым къыхэщащ къалэр щIымахуэ лъэхъэнэм зэрыхуэхьэзырыр, «Кавказкабель» кабель завод» акционер зэгухьэныгъэм, «Прохладнэ щIакхъуэ завод» акционер зэгухьэныгъэ зэIухам я Iуэху зыIутыр.
ЗэIущIэм щыхэплъащ нэгъуэщI Iуэху зыбжанэми. Абыхэм ящыщщ бюджет зэхуаку зэпыщIэныгъэхэр егъэфIэкIуэным, ерыскъыпхъэхэм я фIагъымрэ ахэр шынагъуэншэу щытынымрэ ехьэлIа федеральнэ законхэм я проектхэр, «ПсэупIэ-коммунальнэ хозяйствэм и IэнатIэм реформэхэр щегъэкIуэкIыным зыщIэгъэкъуэнымкIэ фондым и IуэхукIэ» Федеральнэ законымрэ Урысей Федерацэм и закон акт щхьэхуэхэмрэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэныр.
Апхуэдэу Парламентым и Президиумым и зэIущIэм къыщащтащ Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым и «Бгылъэ щIыпIэхэм я экологиемкIэ Тембот А. Къ. и цIэр зезыхьэ институт» федеральнэ къэрал бюджет IуэхущIапIэм и унафэщI Тембот ФатIимэт, «Урысей зэкъуэт» урысейпсо политикэ партым и щIыналъэ къудамэм и жылагъуэ екIуэлIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ Абазэ Хьэсэнбий, «Урысей зэкъуэтым» и «ЩIэблэщIэ гвардие» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм и федеральнэ убзыхуакIуэ Нэзрэн Беслъэн сымэ КъБР-м и Парламентым и ЩIыхь тхылъыр етыным теухуауэ.
КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "75.txt"
} |
ПсэукIэр егъэфIэкIуэным телажьэ хьэрычэтыщIэхэм я щIыналъэ проект нэхъыфIыр къыхэхыным хуэунэтIа зэпеуэ
«КъБР-м хьэрычэт Iуэхур дэIыгъынымкIэ и центр» щIыналъэ фондым социальнэ IэнатIэм инновацэхэмкIэ и центрым и экспертхэм къызэрагъэпэщ «Илъэсым и социальнэ проект нэхъыфI» етхуанэ урысейпсо конкурсым и щIыналъэ Iыхьэр. Мы зэпеуэр егъэкIуэкIынымкIэ жэрдэмыр Урысейм и къэрал социальнэ проектым къыхилъхьауэ щытащ икIи ар даIыгъащ Урысей Федерацэм Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэмрэ Социальнэ жэрдэмхэмкIэ агентствэмрэ.
Конкурсыр хуэунэтIащ жылагъуэ мыхьэнэ зиIэ Iуэхухэр узыншагъэр хъумэным, егъэджэныгъэм, щэнхабзэм, бжыгъэхэр зи лъабжьэ экономикэм, экологием, нэгъуэщI IэнатIэхэм щыгъэзэщIэным хуэунэтIа хьэрычэт лэжьыгъэ нэхъыфIхэр хэIущIыIу щIыным.
Зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэм хэт хъунущ коммерцэм и IуэхущIапIэхэри хьэрычэтыщIэ щхьэхуэхэри. Абыхэм я заявкэхэр 2019 гъэм фокIадэм и 30-м нэсыху къыIахынущ.
ТекIуахэр конкурсым и федеральнэ Iыхьэм хэтынущ, апхуэдэу абыхэм консалтинг, маркетинг дэIэпыкъуныгъэхэр иратынущ.
Зэпеуэр къызэрагъэпэщ «Хьэрычэт IэнатIэ мыинымрэ курытымрэ, щхьэзакъуэ хьэрычэт лэжьыгъэр дэIыгъыныр» лъэпкъ проектым хиубыдэу.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "750.txt"
} |
Терскол и сабийхэм папщIэ
«ЦIыхубзхэм лэжьапIэкIэ ядэIэпыкъуныр - зи ныбжьыр илъэси 3-м фIэмыкIа сабийхэм папщIэ IуэхущIапIэхэр къызэIухыныр» федеральнэ программэм ипкъ иткIэ Терскол къуажэм къыщрагъэжьащ сабий 40-м ятещIыхьа садыщIэ. ЩIыналъэ, щIыпIэ бюджетхэми халъхьэнур хэту, мы ухуэныгъэм текIуэдэну сом мелуан 32-р федеральнэ бюджетым къиутIыпщащ.
Иджыри къэс мы жылагъуэм мыпхуэдэ IуэхущIапIэ щхьэхуэ щыIакъым, цIыкIухэр зэкIуалIэр псэупIэ унэм щыхухаха фэтэритIырт икIи абы щIэхуэр сабий 28-рэт.
СадыщIэр школым пэгъунэгъуу къыщрагъажьэ. Ар зытетыну щIыпIэр зэтес ящIауэ, унэ лъабжьэр ягъэж. IуэхущIапIэр къызэIуахыну я мурадщ 2020 - 2021 гъэ еджэгъуэщIэр щыщIидзэжым ирихьэлIэу.
ТАРИМ Алисэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "751.txt"
} |
Налшык къалэм спорт Iэмэпсымэхэр тыгъэ къыхуащI
«Спортмастер» жэуап зэхэгъэщхьэхукIа зыхь зэгухьэныгъэм щIыпIитхум щагъэувын спорт Iэмэпсымэхэр Налшык къалэм тыгъэ хуищIащ. Ахэр къагъэсэбэпынущ спортым зыщыхуагъасэ губгъуэхэр зыхуей псомкIи къызэрагъэпэщын папщIэ. Абыхэм я фIыщIэкIэ цIыхухэм ГТО физкультурэ спорт комплексым и мардэхэр гъэзэщIэным зыхуагъэхьэзырын папщIэ зыхуеину Iэмал псори ягъуэтынущ.
Япэ апхуэдэ зыгъэсапIэр «ДыгъафIэ къалэ» сабий академие» къэрал бюджет IуэхущIапIэм и пщIантIэм фокIадэм и 23-м къыщызэIуахащ. Адрей щIыпIиплIыр къалэ администрацэм и унафэкIэ къыхахынущ фэтэр куэд хъу унэхэм я пщIантIэхэр зэIузэпэщ щIынымкIэ программэм хагъэхьахэм ящыщу.
Мы Iуэхум теухуауэ зыхуэвгъазэ хъунущ Налшык къалэм щIыпIэ унафэр зегъэкIуэнымкIэ и советым и депутат Лу Азэмэт Хъусен и къуэм (телефоныр - 8-928-703-73-74).
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "752.txt"
} |
Дзэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм 2020 гъэм щIагъэтIысхьэнухэр къыхах
Гу зылъытапхъэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Налшык къалэм и дзэ комиссариатым къыхех Урысей Федерацэм ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм, зыхъумэжыныгъэм пыщIа нэгъуэщI министерствэхэмрэ ведомствэхэмрэ я еджапIэ нэхъыщхьэхэм 2020 гъэм щIагъэтIысхьэну кандидатхэр.
Дзэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм щIэтIысхьэным теухуа IуэхухэмкIэ Налшык къалэм и дзэ комиссариатым зыкъыхуэвгъазэ хъунущ. Ди хэщIапIэр: Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэ, Налшык къалэ, Уэлджырым и цIэр зезыхьэ уэрам, 26-нэ унэ, 45-нэ пэш. Блыщхьэ, бэрэжьей, мэрем махуэхэм сыхьэти 9-м къыщыщIэдзауэ сыхьэт 17 пщIондэ долажьэ (зыдгъэпсэхуну ди лэжьыгъэр зэпыдогъэу сыхьэт 13-м къыщыщIэдзауэ сыхьэт 14 пщIондэ).
Военкоматым къекIуалIэхэм яIыгъын хуейщ я паспортыр, дзэ къулыкъум зэрыраджэнум щыхьэт техъуэ тхылъыр (дзэм къулыкъу зэрыщищIар къэзыгъэлъагъуэ билетыр).
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Налшык къалэм и дзэ комиссариат.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "753.txt"
} |
Бахъсэн щIыналъэм и къуажэ нэхъ къабзэ дыдэр Бахъсэнёнок жылэрщ
ЩIыналъэ администрацэм щызэхалъхьэжащ Бахъсэн районым хыхьэ жылэхэр гъэкъэбзэным, зэIузэпэщ щIыным, щхъуантIагъэхэр щыхэсэным хуэунэтIауэ ирагъэкIуэкIа мазитI лэжьыгъэм кърикIуахэр.
Щэбэт щIыхьэхухэм къриубыдэу ягъэсеящ къуажэхэм щыIэ пхъэнкIий идзыпIэхэр, щIыпIэ куэдым жыгхэр, чыцэхэр щыхасащ, гъуэгубгъу Iуфэхэр ягъэкъэбзащ, фэеплъхэр зыхуей хуагъэзащ, кIэрыхубжьэрыхухэр щрадзыну хуит щамыщI щIыпIэхэм щракIутахэр Iуашащ.
МазитI лэжьыгъэм кърикIуахэм зэхуеплъыжри, Iуэху нэхъыбэ щызэфIагъэкIа къуажэхэр къагъэнэIуащ. Япэ увыпIэр иратащ щекIуэкI лэжьыгъэмкIэ илъэситI хъуауэ бжьыпэр зыIыгъ Бахъсэнёнок къуажэм. ЕтIуанэ увыпIэр Куба, ещанэр Жанхъуэтекъуэ жылэхэм хуагъэфэщащ.
А Iуэхум хузэхаша гуфIэгъуэ зэIущIэм Бахъсэн щIыналъэм и администрацэм и унафэщI Балъкъыз Артур саугъэтхэр щаритыжащ зэпеуэм щытекIуахэм. Япэ увыпIэр къэзыхьа Бахъсэнёнок сом мини 100-кIэ, Куба сом мин 60-кIэ, Жанхъуэтекъуэм сом мин 40-кIэ яхуэупсащ.
Балъкъызым къыхигъэщащ къуажэхэм я къабзагъыр зыхуэдэнур абыхэм щыпсэу цIыхухэм куэдкIэ зэрелъытар, ахэр щIыуэпсым хуэсакъыным мыхьэнэшхуэ зэриIэр. «Щысабийм деж щегъэжьауэ цIыхур хуэущиин хуейщ дыкъэзыухъуреихь дунейм хуэсакъыу, ихъумэу щытыным», - къыхигъэщащ Балъкъыз Артур.
Бахъсэн щIыналъэ администрацэм и пресс-IуэхущIапIэм и унафэщI ЧЫЛАР Аринэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "754.txt"
} |
Къэбэрдей, Балъкъэр литературэхэм я лъабжьэхэр зыгъэтIылъахэм я сурэтхэр Iуащхьэмахуэ и щыгу дахащ
Адыгэ, балъкъэр лъэпкъхэм я щэнхабзэм зиужьыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа цIыху щэджащэхэу ПащIэ Бэчмырзэрэ Мечиев Кязимрэ я сурэтхэр иджыблагъэ дахащ Европэм и къурш нэхъ лъагэ дыдэ Iуащхьэмахуэ. Ар усакIуэхэм я юбилейхэр гъэлъэпIэным хыхьэу къызэрагъэпэща Iуэхут.
ПащIэ Бэчмырзэ къызэралъхурэ илъэси 165-рэ ирокъу мы гъэм. Ар адыгэ литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъахэм ящыщщ. Хьэрып хьэрфылъэр къигъэсэбэпри, адыгэ алыфбей зэхилъхьауэ щытащ ПащIэм, усыгъэ куэди и къалэмыпэм къыщIэкIащ.
Балъкъэр усыгъэм, балъкъэр литературэбзэм и къежьапIэ Мечиев Кязим къызэралъхурэ илъэси I60-рэ ирокъу. Абы и лэжьыгъэхэр лъабжьэ быдэ хуэхъуащ балъкъэр лъэпкъым и литературэм зиужьыным.
Республикэм и цIыхухэр зэрыгушхуэщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуэ пажэхэу ПащIэмрэ Мечиевымрэ икIи абыхэм я цIэхэр КъБР-м и тхыдэм зэи хэгъуэщэжынкъым.
Iуащхьэмахуэ муниципальнэ щIыналъэм и администрацэм и пресс-IуэхущIапIэм и унафэщI ТАРИМ Алисэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "755.txt"
} |
«Васса Железнова» спектаклыр ди деж щагъэлъэгъуэнущ
Дызэрыщыгъуазэщи, 2019 гъэр Театрым и илъэсу щагъэуващ УФ-м. Илъэсым къриубыдэу ирагъэкIуэкIыну яубзыхуауэ щытахэм ящыщщ урысейпсо Театральнэ марафоныр. Абы хиубыдэу, Налшык зыкъыщигъэлъэгъуэну къэкIуэнущ Къэрэшей-Шэрджэсым къикIыну театрыр.
2019 гъэм жэпуэгъуэм и 1 - 3-хэм Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм драмэмрэ комедиемкIэ и Урыс театрым Налшык и Музыкэ театрым щигъэлъэгъуэнущ Горький Максим и пьесэм къытращIыкIа «Васса Железнова» спектаклыр.
Театрым и художественнэ унафэщIыр Урысей Федерацэм и цIыхубэ артист Биджиев Хьэсэнщ.
Спектаклхэм щыщIидзэнур:
Жэпуэгъуэм и 1-м - сыхьэт 19-м;
Жэпуэгъуэм и 2-м - сыхьэт 14-м;
Жэпуэгъуэм и 3-м - сыхьэт 14-м.
ФызыщIэупщIэн щыIэмэ, театрым и кассэм фыпсалъэ хъунущ 77-42-08 телефонымкIэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "756.txt"
} |
Subsets and Splits