text
stringlengths
11
353k
meta
dict
КъэщIыгъэ шынагъуэ Мащэ кIыфIхэм, зэрыщыIэр и фIэщ хъууэ, япэ дыдэу ятетхыхьауэ щытар физикэм и къудамэ телъыджэу «теорие относительности» зыхужаIэр къэзыгупсыса еджагъэшхуэ гъуэзэджэ икIи цIыху телъыджэ Эйнштейн Альбертщ. АтIэми, хьэршыр зыдж щIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, уахэм къыщызылъэтыхь мащэ кIыфIхэм я зэранкIэ, ЩIы Хъурейр бзэхыжыпэнкIэ хъунущ. Астрофизикхэр мы зэманым зэрегупсысымкIэ, мащэ кIыфIхэр – уэщIым зыщызыудыгъу, IэщIыхьар зыIэщIэзымыгъэкIыж, и зэхэлъыкIэмкIи зэманыр зэрыщекIуэкIымкIи зихуэдэ щымыIэ къэщIыгъэ шынагъуэщ. Пкъыгъуэу зыщIилъафэм щыщ гуэри къызэримыутIыпщыжым и мызакъуэу, нэхур зыдз фотон нэгъунэ къызэрыIэщIэмыкIыжыфым и зэранкIэ, зи гугъу тщIы къэщIыгъэхэр здэщыIэри къэхутэгъуейщ. ЩIэныгъэлIхэм къызэрагъэувымкIэ, мащэ кIыфIхэр, япкърылъ пцIэм и Iувагъ-куэдагъымкIэ, кIуэ пэтми нэхъри нэхъ иныж, нэхъ хьэлъэж хъууэрэ екIуэкIыфынущ, уахэм (хьэршым) къыщызылъэтыхь пкъыгъуэхэм ящыщу «хутыкъуахэр», увыIэгъуэ ямыIэу, зэрызыщIалъафэм къыхэкIыу. США-м щыщ щIэныгъэлI, физик Каку Мичио къыдгурегъаIуэ дыщыпсэу планетэм дежкIи мащэ кIыфIхэр ажалзехьэ лъэрыщIыкIыу къыщIэкIынкIэ зэрыхъуну щIыкIэр зыхуэдэр. «Нэхъапэм мащэ кIыфIхэм уэщIым зыщамыгъэхъейуэт къызэрытщыхъур, арщхьэкIэ Дыгъэр зыхыхьэ ди Галактикэми къыщаущыхьу а къэщIыгъэхэр зэритыр къыщытхутэм, а Iуэхугъуэм гузавэ къыдигъэщтащ. Уахэ абрагъуэу щIэдзапIи ухыпIи зимыIэм щызекIуэ, хутыкъуауэ гъунэгъу зыхуэзыщI дэтхэнэри зыIэщIэзыубыдэ, «дунейр къутэжыхункIи» къэзымыутIыпщыжыну къэщIыгъэ псэхэхыр языныкъуэхэм ирагъэщхь «зомби» зи фIэщыгъэ гъуэбжэгъуэщ шынагъуэм”, - къыддогуашэ Каку Мичио. А щIалэм гу зэрылъыдигъэтамкIэ, дызэгъэщIылIа Дыгъэм къедза и къэухьым зи гугъу тщIы мащэ кIыфI абрагъуэхэм ящыщ зым гъунэгъу зыкъыхуищIмэ, ди планетэр щыхупIэ шынагъуэм щхьэщишэпауэ аращ. Ауэ щыхъукIи, щыпсэу цIыхухэм, сыт хуэдэ Iэмал къамыгупсысами, ЩIы Хъурейр къахуегъэлынукъым. «АрщхьэкIэ, иджыри зы пIалъэ гуэркIэ ди планетэм гъащIэр зэрыщекIуэкIынури хьэкъщ», - къыпещэ и псалъэхэм зи гугъу тщIы щIэныгъэлIым. Каку Мичио зэрытригъэчыныхьымкIэ, мащэ кIыфIым ЩIым и курыхым нэхъри нэхъ гъунэгъу зыкъыщыхуищIкIэ, гравитацие и лъэныкъуэкIэ зыкъызэтригъэгуплIэ къару зэрымыщIэжьым ди планетэм и зы джабэр хишынурэ, адрей и щIэлъэныкъуэр зэщикъузэнущ, «сингулярность» зыхужаIэ щIыкIэм тету. Ауэ щыхъукIи, а Iуэхум щIыгум и зэхэлъыкIэм къыпхуэмыцIыхужын хуэдизу зригъэхъуэжынущ, псыхэр ямылейуэ къигъэукъубеинущ, унэхэм, лъэмыжхэм, нэгъуэщIхэми нэджэIуджэ дыдэу зыхригъэшынущ. Астрономым и псалъэхэм ятетщIыхьмэ, тхьэмыщкIагъэр абдежми къыщыувыIэнукъым: мащэ кIыфIым и къару абрагъуэм ЩIы Хъурейр адэкIэ «къызэрыридзэж» щIагъуэ щымыIэу, тхылъымпIэ кIапэу иIуэнтIэнурэ зэпкъритхъыжыпэнущ. Къыхэдгъэщам дыщIигъуу, щIэныгъэлI-планетолог Ги Бен Мак мы Iуэхугъуэми гу лъыдегъатэ: гъунэгъу къыхуэхъуа мащэ кIыфIым дыщыпсэу планетэр зэрызэщикъузэнум къыдэкIуэу, и курыхыр щIэзыхъумэу алъандэрэ къыдэгъуэгурыкIуа «мэIури» зэхичэтхъэнурэ, плазмэ пщтырыщэу щIэгъэпщкIухьар щIыгум къытригъэлъэдэнущ, икIи, ущызекIуэ хъуну къыщызэтена тIэкIури, зэрызэщIигъэткIукIыр плъагъуу, щихъумэпэнущ. Гравитацием и къару ин дыдэм езы планетэр, сабэ налъэ хуэдизи къыхимынэжу, нэхъри зэхифыщIэнурэ, пкъыгъуэжьейхэм ящыщу нэхъ цIыкIужьейхэм хуигъэкIуэжынущ, апхуэдэ дыдэу зэхичэтхъэнущ ЩIы Хъурейр зэгъэщIылIа Дыгъэри, абы къедза адрей уафэщIхэри. Дунейкъутэж жыхуаIэу цIыхур зыщышынэри арауэ къыщIэкIынущ. КЪУМАХУЭ Аслъэн.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2349.txt" }
Мэлбахъуэ Елбэрд - 80 Мазаем и 6-м КъБР-м и Лъэпкъ библиотекэм щекIуэкIащ тхакIуэ, зэдзэкIакIуэ, журналист, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Мэлбахъуэ Елбэрд къызэралъхурэ илъэс 80 зэрырикъум теухуа юбилей зэхыхьэ. Абы кърихьэлIащ ар зыцIыхуу щытахэр, и Iыхьлыхэр, и IэдакъэщIэкIхэр фIыуэ зылъагъухэр, Налшык и еджапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щIэсхэр. Жыласэ Заурбэч.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "235.txt" }
Паралимп джэгухэр Токио къыщызэIуах Японием и къалащхьэм Iэтауэ къыщызэIуахащ зи чэзу Паралимп джэгухэр. Абы еплъыну цIыхухэр стадионым ирагъэхьакъым коронавирус уз зэрыцIалэм зыщахумэн папщIэ. Апхуэдэу екIуэкIынущ зэхьэзэхуэхэри. Олимпиадэ нэхъыщхьэр зэфIэкIри мазэ ныкъуэ дэкIа иужькIэ, Паралимп джэгухэри зэхаублэ хабзэщ. Зи узыншагъэм ныкъусаныгъэ иIэхэр щызэпоуэ иджыблагъэ дунейм и спортсмен нэхъыфI дыдэхэр щызэхьэзэхуа утыкухэм икIи хуагъэфащэ дамыгъэхэри саугъэтхэри адрейхэм къащхьэщыкIыркъым. Урысей Федерацэм икIахэр Паралимпиадэр къыщызэIуахым къихьащ «Агитос» паралимп дамыгъэр зытет ныпым щIэту. Дыдейхэр мыпхуэдэ зэпеуэхэм илъэсибгъукIэ пэплъэн хуей хъуащ, 20I6 гъэм Рио-де-Жанейрэ щыIам допинг Iуэхухэм я зэранкIэ зэрамыгъэкIуам къыхэкIыу. … Зи нэхэм имылъагъу уэрэджыIакIуэм лъэпкъ гимныр егъэзащIэ. АдэкIэ илъэс зэмылIэужьыгъуэхэм Японием и щIыхьыр Паралимп джэгухэм щызыIэта спортсменхэм я Хэкум и бэракъыр кърахьэри, яIэт. Нэхъапэм щыIа мыпхуэдэ зэхьэзэхуэхэри къызэрызэIуахым ар къыщхьэщыкIакъым. ЗэщхьэщыкIыныгъэр абыхэм еплъыну зы цIыхуи стадионым зэрырамыгъэхьарат. Дуней псор зыгъэгулэз пандемием и Iэ щIыIэр а Iуэхугъуэ дахэми хэIэбащ. Апхуэдэу щыт пэтми, нэхъыщхьэр японхэм къайхъулIащ – Олимп джэгухэр ехъулIэныгъэкIэ ирагъэкIуэкIауэ иджы Паралимпиадэм яужь йохьэ. Дауэдапщэ удэзыхьэххэм къакIэлъыкIуэу спортсменхэр утыку къохьэ, щхьэж къыздикIа къэралым и ныпым и лъабжьэм щIэту. Ахэр гуп къыхэха I50-рэ хъун хуеящ, арщхьэкIэ коронавирусым щышынэри, къэрал 20-м я лIыкIуэхэр Токио ягъэкIуакъым. Урысей Федерацэм и Паралимп комитетым и бэракъыр кърехьэ зи Iэпкълъэпкъым сэкъат иIэхэм я деж къыщызэдэжэнымкIэ пщIэнейрэ дунейпсо чемпион Вдовин Андрей. Ар абы и япэ Паралимпиадэщ. Ди гупым хэтщ паралимп чемпион нэхъапэм хъуахэу цIыху пщыкIуз. Урысейм икIа спортсмен 242-р зэхьэзэхуэхэм хэтынущ лIэужьыгъуэ I9-кIэ. Токио къыщызэIуаха Паралимп джэгухэм медаль комплект 539-рэ щагъэджэгунущ. Спорт лIэужьыгъуэхэр 22-рэ мэхъу. Нобэ щыщIэдзауэ абыхэм ерыщу иризэныкъуэкъунущ. Мазэ ипэкIэ щIэзыдза Олимп джэгухэми хуэдэу, мыбыи ди щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ зыщыщ къэралыр къагъэлъэгъуну, и ныпымрэ гимнымрэ къагъэсэбэпыну хуиткъым. Абы щхьэкIэ къэмынэу хэти ещIэ ахэр дэнэ къикIами, хэт и щIыхьыр яхъумэми. Дэри дрипIейтейуэ ди паралимийцхэм дадэщIынущ икIи я ехъулIэныгъэхэм дригуфIэнущ. Жыласэ Замир.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2350.txt" }
Аруан Iуащхьэхэр Евразием и Iуащхьэ нэхъ ин дыдэхэм ящыщхэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм итщ. Археологием и фэеплъ телъыджэу КъБР-м и Аруан щIыналъэм щыIэм я лъабжьэр ди эрэм ипэкIэ IV – III лIэщIыгъуэхэм къыщожьэ икIи мейкъуапэ щэнхабзэм хохьэ. Пирамидэхэм я ныбжьщ - Псори зэхэту Iуащхьэхэр 50-м щIегъу, абыхэм ящыщу 3-р я инагъкIэ адрейхэм къахощ. Аруан Iуащхьэ гупым хэтхэм я нэхъ ин дыдэм и лъагагъыр метр 30-м, и хъуреягъым къиубыдыр I50-м щIегъу, - жеIэ тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, ЩIэныгъэмкIэ урысей академием АрхеологиемкIэ и институтым и щIэныгъэлI нэхъыжь Амиров Шахмардан. – Iуащхьэм и инагъым къегъэлъагъуэ абы щIалъхьар пщIэшхуэ зиIэ цIыхуу зэрыщытыр. Хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, ар лъэпкъ гуэрым и унафэщIу щытагъэнущ. Абы и пщIэмрэ и зэфIэкIымрэ щыхьэт тохъуэ Iуащхьэр щIыным мылъкушхуи лэжьыгъэшхуи зэрытрагъэкIуэдам. IV – III лIэщIыгъуэхэм апхуэдэ Iуащхьэхэр здэщыIар Месопотамие Ипщэмрэ Мысыр Ищхъэрэмрэщ. ЩIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, Аруан Iуащхьэ-иныжьхэр Хеопс пирамидэхэмрэ Шумер пщыхэм я кхъэхэмрэ я ныбжьщ. Лъабжьэр Кавказым къыщежьэрэ? А зэман жыжьэм Кавказ Гупэм и тафэ щIыналъэхэм щыпсэуахэр къэралыгъуэр зэфIэувэным нэмысу щIыпIэм иIэпхъукIащ, щIыуэпсым зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр къызэрыщыхъуам къыхэкIыу. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, щIыпIэ нэхъыфI къалъыхъуэу абыхэм Кавказ АдрыщIымкIэ яунэтIащ, адэкIэ Анатолиемрэ Иранымрэ кIуащ. Аруан Iуащхьэхэм я щэхухэр къызэIухынымкIэ къэхутэныгъэхэр нэгъэсауэ ирагъэкIуэкIмэ, абы тхыдэм зэхъуэкIыныгъэхэр хилъхьэнущ - Урысей щIыналъэм къэралыгъуэр щызэфIэува зэманыр илъэс минкIэ игъэIэпхъуэнущ! Адыгэ Республикэм щыIэ, метр II зи лъагагъ Мейкъуапэ Iуащхьэ цIэрыIуэр къыщатIым хьэпшып гъэщIэгъуэн куэд къыщагъуэтауэ щытащ. Ахэр псори Эрмитажым щахъумэ. АтIэ абы нэхърэ хуэдищкIэ нэхъ ин Аруан Iуащхьэм сыт хуэдиз хьэпшып къыщIэкIынур? - Iуащхьэ телъыджэхэр джыным щIэныгъэ, музей мыхьэнэхэм я закъуэкъым яIэр, - жеIэ Амировым. - Къагъуэтыну хьэпшыпхэм жылагъуэ мыхьэнэи яIэнущ, абыхэм щэху куэд къызэIуахынущ икIи шэч хэлъкъым, мейкъуапэ щэнхабзэм хуаIэ еплъыкIэм зэрызригъэхъуэжынум. Фэеплъ телъыджэхэр иджыри къыздэсым къахутэ федеральнэ, щIыналъэ IуэхущIапIэ зыбжанэм, Iуэхум хэтщ къэралым и хэгъэгу зэмылIэужьыгъуэхэм щыщ щIэныгъэлIхэр, къэхутакIуэхэр. Апхуэдэуи Аруан Iуащхьэхэм я щэхухэр къатIэщI щIыгулъыр зыджхэм, археозоологиемкIэ, дендрохронологиемкIэ, антропологиемкIэ IэщIагъэлIхэм. НэщIэпыджэ Замирэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2351.txt" }
ГъащIэр зыгъэнэху Ди республикэм къэралыгъуэ иIэ зэрыхъурэ I932 гъэм илъэси I0-м щIигъуа къудейуэ арами, щIыналъэм игъуэта социально-экономикэ щытыкIэмрэ абы егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ зэрызыщаужьамрэ япкъ иткIэ, ди щIыпIэм еджапIэ нэхъыщхьэ иIэныр Iэмалыншэ Iуэху хъуат. ЩытыкIэр къалъытэри, РСФСР-м и Правительствэм I932 гъэм и мэлыжьыхьым унафэ къищтауэ щытащ Къэбэрдей-Балъкъэрым пединститут щхьэхуэ къыщызэIухыным теухуауэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэт ар. Пединститут къызэIуахын ипэкIэ ди лъэпкъ IэщIагъэлIхэр щагъэхьэзыру щытар Орджоникидзе (иджы Владикавказ) дэта Бгырыс пединститутырт. КъБКъПИ-м япэ студентхэм папщIэ и бжэр къызэIуихащ 1932 гъэм фокIадэм и 15-м. Студенти I00 щеджэрт абы и къудамищым: биологие, физико-математикэ, литературэ факультетхэм. Ахэр щIэныгъэм и гъуэгум трашэрт егъэджакIуэ 13-м, профессоритIрэ доцентитIрэ яхэту. Нэхъ иужьыIуэкIэ къызэрагъэпэщащ тхыдэмкIэ, естественно-географиемкIэ, бзэмкIэ къудамэхэр. Зэрылэжьа илъэсхэм къриубыдэу институтым егъэджакIуэ 4200-рэ игъэхьэзыращ. Ар Кавказ Ищхъэрэм и еджапIэ нэхъыфIхэм хабжэу щытащ. ЛIэщIыгъуэ блэкIам и 50 гъэхэм ди къэралым щекIуэкIа щIэныгъэ-техникэ революцэм къигъэува къалэнхэм ящыщт зызыужь экономикэр зыхуэныкъуэ IэщIагъэлIхэр гъэхьэзырыныр. I956 гъэм и бадзэуэгъуэ мазэм КъБАССР-м и Министрхэм я Советым СССР-м и унафэщIхэм я деж игъэхьауэ щытащ Къэбэрдейр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 400 зэрырикъур республикэм щыгъэлъэпIэн зэрыхуейм теухуа тхылъ, абы ирихьэлIэу гъэзэщIапхъэу къалъытэхэр иту. А тхылъым щхьэхуэу къыщыгъэлъэгъуат пединститутыр къэрал университет щIыжын зэрыхуейм теухуа жэрдэмри. Нэрылъагъут зызыужь лъэпкъ экономикэмрэ жылагъуэмрэ апхуэдэ зэхъуэкIыныгъэ зэрыхуэныкъуэр. Ар фIы дыдэу къызыгурыIуэт гъащIэм и бэуэкIэр псэкIэ зыхэзыщIэу щыта политик Iэзэ, еджагъэшхуэ Бэрбэч ХьэтIутIэ МутIэ и къуэр. Абы къилъытэрт Къэбэрдей-Балъкъэрым езым и къэрал университет иIэжыпхъэу. IэщIагъэлIхэр нэгъуэщI щIыналъэхэм щагъэхьэзырурэ республикэм лэжьакIуэ къагъэкIуэжыфыну жаIэрт абы къыпэщIэувэхэм, арщхьэкIэ ХьэтIутIэ лIыгъэ къыкъуэкIащ и гупсысэм лъабжьэшхуэ зэриIэр абыхэм къагуригъэIуэну, и мурадхэр зригъэхъулIэну. Бэрбэчым и Iуэху еплъыкIэр къыдэзыIыгъхэри мащIэтэкъым. Лъэпкъ интеллигенцэм ящыщ щIэныгъэлIхэр, IэщIагъэлIхэр мызэ-мытIэу тхащ щIыналъэ, къэрал унафэщIхэм я деж, Бэрбэчым къыхилъхьа жэрдэмыр зэрыIэмалыншэ Iуэхур къыхагъэщу. 1957 гъэм мэлыжьыхьым и 5-м СССР-м и Министрхэм я Советым унафэ къищтащ Къэбэрдей пединститутыр и лъабжьэу, ди республикэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университет къызэрыщызэIуахым теухуауэ. РСФСР-м и Министрхэм я Советми а зэман дыдэм унафэ ищIащ Налшык мэкъумэш техникумым и унэр, общежитыр, еджапIэм и мылъку-техникэ базэр псори КъБКъУ-м етын хуейуэ. Куэд дэмыкIыу нэгъуэщI зы укази къаIэрыхьащ республикэм и унафэщIхэм: «Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и ректору гъэувын тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат Бэрбэч ХьэтIутIэ МутIэ и къуэр», - жиIэу иту. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр къызэрызэIуахым щымыгуфыкI зы цIыхуи ису къыщIэкIынтэкъым ди щIыналъэм. Абы теухуа гуфIэгъуэ зэIущIэ ин республикэм щекIуэкIащ I957 гъэм жэпуэгъуэм и I2-м. Ди республикэм и щIэныгъэ-творческэ интеллигенцэм, ди цIыху псоми гуфIэгъуэшхуэр даIыгъыну щIыналъэм къеблэгъат Москва, Ленинград, Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм я лIыкIуэхэр, къэрал унафэщIхэр. Махуэшхуэ зэхуэсым и утыкум доклад щищIат абы и ректор Бэрбэч ХьэтIутIэ МутIэ и къуэм. И къулыкъум щыпэрыува япэ махуэхэм къыщыщIэдзауэ ХьэтIутIэ лъэкIыныгъэу, зэфIэкIыу бгъэдэлъ псори ирихьэлIащ еджапIэ нэхъыщхьэм и щIэныгъэ, техникэ лъабжьэр егъэфIэкIуэным, ар нэхъри гъэбыдэным. Абы фIыуэ къыгурыIуэрт щIэныгъэм и зыужьыныгъэм щIыналъэм къыхуихьыну ехъулIэныгъэ лъагэхэр икIи еджапIэм занщIэу лэжьапIэ къригъэблэгъащ къэралым и математик, физик, химик, филолог цIэрыIуэхэр. Апхуэдэ щIыкIэкIэ Бэрбэчым игъэтIылъащ университетым и егъэджэныгъэ-щIэныгъэ лъабжьэ быдэр. Нобэ а еджапIэм зыIэригъэхьэ ехъулIэныгъэхэми я къежьапIэ пэж хъуащ Бэрбэчым абы щыгъуэ иубзыхуа Iуэху зехьэкIэр. Къызэригъэпэща университетым Бэрбэч ХьэтIутIэ нэхъыбэм зэреджэр «гъащIэм и нэхугъэ», «зыужьыныгъэм и джэлэс» псалъэхэмкIэт. ИпэжыпIэкIэ а еджапIэ нэхъыщхьэр хъуащ ди цIыхубэр щIэныгъэм хуэзыша нэхугъэ. ФакультетиплIу зэхэту (тхыдэ-филологие, физико-математикэ, инженер-техникэ, мэкъумэш) лэжьэн щIэзыдза еджапIэ нэхъыщхьэр гъуэгуанэщIэ теуващ. ЕджапIэ нэ¬хъыщхьэм и статусыр зэрахъуэжам къалэну къыхуи¬гъэувыр зыхуэдизыр фIыуэ зыщIэ ректорым а лъэхъэнэм куэд зэфIигъэкIащ. КъБКъУ-м зэман кIэщIым къриубыдэу хэпщIыкIыу зиужьауэ, математикэ, физикэ, химие, филологие щIэныгъэхэмкIэ ехъулIэныгъэфIхэр зыIэригъэхьауэ щытат. Ди республикэм университет къызэрыщызэIуахар Къэбэрдей-Балъкъэрым и мызакъуэу, Кавказ Ищхъэрэм хыхьэ адрей лъэпкъ автономиехэми щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ зыщаужьынымкIэ мыхьэнэ ин дыдэ зиIэ Iуэхугъуэт. А щIыналъэм къриубыдэ автономиехэм ящыщу университет япэу къыщызэIуахар ди республикэращ. КъищынэмыщIауэ, IэщIагъэ куэдым щыхурагъаджэ классикэ университетхэр къэралым къыщызэIухыныр къыщежьари абдежщ. Илъэс зэхуэмыдэхэм университетым и ректору щытащ КIэрэф Къамболэт, Лъостэн Владимир, Къарэмырзэ Барэсбий. Дэтхэнэ зыми хузэфIэкI гуащIэ хилъхьащ абы и зыужьыныгъэм. Мы зэманым абы и унафэщIщ техникэ, экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор Алътуд Юрэ. Зыужьыныгъэм и гъуэгу кIыхь къызэринэкIащ КъБКъУ-м. IэщIагъэ, щIэныгъэ нэхъыщхьэ щрагъэгъуэт еджବпIэ¬хэр гугъуехь щыхэта I990 гъэхэм университетри хуэзащ лъэпощхьэпо куэдым, ауэ и къарури зэфIэкIри яхъумэу, ямыгъэлъахъшэу, щIыхь иIэу щытыкIэ гугъум къикIыфащ. КъБКъУ-р мылъкукIи, къэхутэныгъэхэр зэрырагъэкIуэкI Iэмал¬хэм¬кIи, IэщIагъэлIхэмкIи лъэщу зэщIэузэдащ. Къэралым и еджапIэ лъэ¬рыхьхэм халъытэ КъБКъУ-м, иджырей егъэ-джэныгъэ IуэхущIапIэм зэры¬¬хуэ¬фащэу, университет комплекс зэпэщ иIэщ, кадр, щIэ¬ны¬гъэ, мылъку-техникэ, щэнхабзэ, хъыбарегъащIэ, эконо¬ми¬кэ Iэмал псомкIи къызэгъэ¬пэщауэ. Ар япыщIащ къэрал куэдым щыIэ еджапIэхэм. КъБКъУ-р къокIуэкI, езым и хабзэхэмрэ Урысейм япэу щызэфIэува университет комплексым и фIагъымрэ ихъумэу. ХэпщIыкIыу зиужьащ абы, зэлэжь унэтIыныгъэхэми хэхъуащ. ЕхъулIэныгъэщIэхэр зыIэригъэхьэу, лъагапIэщIэхэр къищтэу лажьэ а еджапIэ нэхъыщхьэм илъэс блэкIахэм игъуэта зыужьыныгъэшхуэм укIэлъыплъмэ, наIуэ мэхъу ар Урысей Федерацэм и еджапIэ нэхъыщхьэ нэхъ пажэхэм зэращыщыр. Нобэ КъБКъУ-р Урысей Федерацэм и щIэныгъэ-егъэджэныгъэ центр пашэхэм ящыщщ. Абы щолажьэ IэщIагъэлI 2000-м щIигъу, щIэныгъэ щызрагъэгъуэт студент II000-м нэсым. Университетым и институти I0-м, колледжи 4-м щыхурагъаджэ IэщIагъи I00-м щIигъум. ЕджапIэ нэхъыщхьэр къэзыухахэм къахэкIащ Урысей Федерацэм, хамэ щIыналъэ куэдым цIэрыIуэ щыхъуа щIэныгъэлIхэр, егъэджакIуэхэр, инженерхэр, хабзэубзыху, гъэзэщIакIуэ властыр зыIэщIэлъ къэрал къулыкъущIэхэр, хьэрычэтыщIэ лъэрызехьэхэр. Политик Iущ, щIэныгъэлI щыпкъэ, зи гупсысэкIэрэ Iуэху еплъыкIэрэ зиIэжу дунейм тета цIыху телъыджэ Бэрбэч ХьэтIутIэ университетым и зэфIэувэныгъэм хилъхьа гуащIэмрэ зэфIэкIымрэ кIуэдакъым. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и япэ ректорым и гъащIэ купщIафIэм, лъэпкъ щIэныгъэмрэ щIыналъэ зыужьыныгъэмрэ абы хуищIа хэлъхьэныгъэ инхэм хуэфащэ жьантIэ увыпIэр щаубыд ди республикэм и тхыдэм. Абы и цIэр ирипагэу зэрехьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым. ЖЫЛАСЭ Маритэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2352.txt" }
Тхыдэ къулей зиIэ щIыналъэ телъыджэ Урысей Федерацэм хыхьэ субъектхэм ящыщу Къэбэрдей-Балъкъэрыр зыхуэбгъадэ хъун щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэ мыкIуэщI, тхыдэ, щэнхабзэ къулей зиIэ щIыналъэ телъыджэщ. Псом хуэмыдэу абы зиужьащ I92I гъэм и фокIадэм и I-м къэралыгъуэ игъуэта нэужь. Мы зэманым ди республикэр Урысей Ипщэм къыщалъытэ политикэ, экономикэ, щIэныгъэ я лъэныкъуэкIэ ехъулIэныгъэфIхэр зыIэрызыгъэхьа щIыпIэу. Апхуэдэу екIущ, дахэщ абы и къалащхьэ Налшыки. ФокIадэм и I-м илъэс 297-рэ мэхъу ар жылэу зэрытIысрэ. «Налшык» цIэр къызытехъукIам теухуа Iуэху еплъыкIэхэри зэщхьэщокI. Языныкъуэхэм зэрыжаIэмкIэ, ар епхащ жылэр зэтIысэкIа псым и цIэм, апхуэдэуи налым хуэдэу къэгъэшауэ ар зыщIэтIысхьа бгы жьэгъум. Адрейхэм къызэралъытэмкIэ, ятIагъуэ бдзантхьэр щыкуэд щIыпIэм шыхэм ящIэлъ налыр щIичырти, «налщыч»-р абы къытекIащ. Дауэ хъуми, Налшыкым нобэ и дамыгъэщ налыр – насыпым, зэIузэпэщыгъэм, ехъулIэныгъэм я нэщэнэу адыгэхэм игъащIэми къалъытэр. Урыс-Кавказ зауэм и лъэхъэнэм быдапIэу щыта Налшык иужькIэ слобода хъуащ, граждан унафэ щызекIуэ жылэуи яубзыхуащ. Ар къалэ щащIар Жэпуэгъуэ революцэ иным и ужькIэщ, Совет властыр щIыпIэм щагъэува нэужь. 1920 гъэм Кавказ Ищхъэрэм Совет властыр щагъэуву Бгырыс республикэ къэунэхуа нэужь, Къалмыкъ БетIал зи пашэ большевик гупым, а гъэмахуэм Налшык зы¬гъэпсэхуакIуэ къэкIуа Сталинри я дэIэпыкъуэгъуу, яхузэфIэкIащ а республикэм Къэбэрдейр къыхагъэкIын. Урысейпсо гъэзэщIакIуэ комитет нэхъыщхьэм I92I гъэм и фокIадэм и I-м къищта унафэм ипкъ иткIэ, Къэбэрдей автономнэ щIыналъэ яухуащ, Налшыки абы и къалащхьэу ягъэуващ. КъыкIэлъыкIуэ илъэсым Балъкъэрри Бгырыс республикэм къыхэкIыжри, Къэбэрдейм гухьащ. Облисполкомым и унафэщIу хаха Къалмыкъым и нэIэ щIэт Къэбэрдей-Балъкъэрыр къэ¬щIэ¬рэщIэж хъуащ. Экономикэр зэрыригъэфIэкIуам къы¬дэкIуэу, ар цIыхубэм щIэ¬ныгъэ егъэгъуэтыным, республикэм и щэнхабзэм зегъэужьыным телэжьащ. Хэкупсэ нэсым Къэбэрдей-Балъкъэрым IуэхуфI куэд хуилэжьащ. А лъэхъэнэм Налшык къыщы¬зэ¬Iуахащ Ленинскэ еджапIэ къалэ цIыкIур (ЛУГ). Абы щылэжьэну кърагъэблэ¬гъащ егъэ¬джакIуэхэр, ¬ун¬а¬фэщI¬хэр, щэнхабзэм и лэжьа¬кIуэхэр зыгъэхьэзырыну Урысейм къикIахэр. КъинэмыщIауэ, Къэбэрдей цIыкIу псыщIэ¬гъэ¬¬лъадэ системэмрэ Акъбащ ГЭС-мрэ яухуащ, Кавказ Ищхъэрэм щынэхъ лъэщ дыдэхэм хабжэ Бахъсэн ГЭС-р зэфIагъэуващ, бгырысхэм я унэхэм, IуэхущIапIэхэм уэздыгъэ щIашащ, щIыналъэм и псы ежэх зыбжанэм электростанц цIыкIухэр трагъэуващ, унэлъащIэ щащI «Чинар», IэфIыкIэ къыщыщIагъэкI фабрикэхэр, Кавказ Ищхъэрэм щыцIэрыIуэу щыта, лыхэкIхэм щелэжь комбинатыр лажьэу яутIыпщащ, къалащхьэм дащIыхьащ лъахэхутэ музейр, лъэпкъ театрыр, нэгъуэщI IуэхущIапIэхэри. Апхуэдэу, ХХ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм щегъэжьауэ Налшык теуващ зыужьыныгъэм и гъуэгум. Зэман кIэщIым къриубыдэу хэхъуащ абы щыпсэу цIыхухэм я бжыгъэм, заужьащ къалэ экономикэм, промышленностым, заузэщIащ курорт и лъэныкъуэкIэ бгъэдэлъ зэфIэкIхэм. Апхуэдэ мамыр гъащIэр къызэпиудауэ щытащ I94I гъэм къэхъея Хэку зауэшхуэм. А лъэхъэнэ гугъуми щIыхьрэ пщIэрэ иIэу къикIыфащ Налшык. Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм къалащхьэм и экономикэм хэщIыныгъэшхуэ игъуэтами, абы и цIыхухэр бийм пэщIэтащ, я псэ щымысхьыжу. . Налшыкдэс мини 9-м щIигъу хэкIуэдащ а зауэ гуащIэм. Хэку зауэшхуэм щызэрахьа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ щхьэкIэ къалэм щыщ цIыхуи 8-м хуагъэфэщауэ щытащ «Совет Союзым и ЛIыхъужь» цIэ лъагэр, къалэдэс мини I0-м щIигъум иратащ нэгъуэщI къэрал дамыгъэ лъапIэхэр. I985 гъэм Налшык къыхуагъэфэщауэ щытащ Хэку зауэ орденым и I-нэ нагъыщэр. ИужькIэ, 20I0 гъэм, УФ-м и Президентым и УнафэкIэ абы къыфIащащ «Зауэ щIыхьым и къалэ» цIэ лъапIэри. Къалэм иджыпсту иIэ теплъэмрэ зыужьыныгъэмрэ щIэдзапIэ яхуэхъуауэ къалъытэр Хэку зауэшхуэм иужь лъэхъэнэрщ. Курорт щIыпIэу зэрыщытым къыдэкIуэу, ди къалащхьэм зыщаужьауэ щытащ электроникэ, машинэ ухуэныгъэ, металлургие IэнатIэхэм. Нобэ ар зыужьыныгъэмрэ зыузэщIыныгъэмрэ я гъуэгум ирикIуэ, гъащIэм и лъэныкъуэ куэдкIэ зэфIэкI лъагэхэр зыбгъэдэлъ жылэ Iумахуэщ. Къалэм и унафэм щIэтщ абы къедза жылэ зыбжани. Абыхэми заужь, заукъуэдий, экономикэ, щэнхабзэ, егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IуэхущIапIэхэм, промышленностым, ухуэныгъэм, сату, транспорт IэнатIэхэм хохъуэ, хьэрычэтыщIэ Iуэхум зыщеубгъу. Къалэм дэтщ дунейпсо мыхьэнэ зиIэ, зэфIэкIышхуэ зыбгъэдэлъ аэропорт, иджы дыдэ къыщызэIуахащ автовокзал ин. Къалащхьэм дэтщ курыт школрэ гъэсапIэу I00-м нэс. Абыхэм йокIуалIэ сабий минхэр. Налшык дэт еджапIэ нэхъыщхьэхэм щокIуэкI егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ, щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэшхуэхэр. Студент щIалэгъуалэм щIэныгъэ куу ират лъэпкъ еджагъэшхуэхэу зи цIэр фIыкIэ хэр жыжьэ Iуахэм. Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм хуабжьу зыщиужьащ хъыбарегъащIэ IэнатIэм. Махуэ къэс эфирым къохьэ телекомпаниеу щы, радиостанцхэр, щолажьэ кабель, спутник телевиденэхэр, къыщыдокI республикэ газетхэр, журналхэр. Налшыки къалъытэ къэралпсо мыхьэнэ зиIэ курорт щIыналъэу. ЩхъуантIагъэкIэ, хьэуа къабзэрэ дыгъэ нурымкIэ Тхьэр къыхуэупсащ ди къалащхьэм и щIыуэпсым. Абы и щабагъым дэщIыгъущ минерал зэмылIэужьыгъуэхэр зыхэлъ псы хущхъуэ къыщIэжыпIэхэр, узыфэ куэдым япэувыф ятIэ хьэлэмэтыр. Ахэр я Iэдэжу, Налшык санаторэхэм щоIэзэ гум, псантхуэм, къупщхьэм, лъатэм, тхьэмщIыгъум – цIыхум и Iэпкълъэпкъым илъ дэтхэнэ Iыхьэми епха узыфэхэм. Зы илъэси къанэркъым абыхэм цIыху минхэм зыщамыгъэпсэхуу, я узыншагъэр щрамыгъэфIакIуэу. Зэ нэхъ мыхъуми Налшык и курортхэм щыIам абы къытримыгъазэу зэрыхулъэкIын щыIэкъым, апхуэдизу гум дохьэ, псэми йохуэбылIэ абы и щIыуэпсри. ЦIэрыIуэщ Налшык и Долинскыр, совет зэманым зыужьыныгъэ ин зыгъуэта щIыпIэр. Къалэм, республикэм я зэIузэпэщыныгъэр къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ Налшык и курортхэм адэкIи зегъэужьыным. Аращ а унэтIыныгъэм КъБР-м и унафэщIхэм гулъытэшхуэ щIыхуащIри. Лъэпкъи I00-м щIигъум къахэкIа цIыхухэм псэупIэ IэфI икIи тынш яхуэхъуа ди къалащхьэм щолажьэ лъэпкъ щэнхабзэ центру II. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, къущхьэхэм, къэзакъхэм, урысхэм, алыджхэм, журтхэм, корейхэм, ермэлыхэм, нэмыцэхэм, нэгъуэщIхэми я лъэпкъ щэнхабзэ IуэхущIапIэхэр. Абыхэм ящыщ дэтхэнэри хуолажьэ республикэм, къалащхьэм щыпсэу лъэпкъхэм, зи хабзэрэ динкIэ зэщхьэщыкIхэм, яку зэгурыIуэныгъэрэ зэхэщIыкIрэ дэлъыным, цIыхугъэ лъагэр щхьэ закъуэ гупсысэм ищхьэ къызэрыкIуэным. Щэнхабзэ зэпыщIэныгъэхэм нэхъри ягъэбыдэ лъэпкъхэм яку дэлъ мамыр зэхущытыкIэр, зым адрейм хуиIэ шыIэныгъэр, пщIэр. ЖыпIэнурамэ, цIыхуращ тхыдэр къэзыгъэщIыр. АтIэми, къалэм зыIэригъэхьа дэтхэнэ ехъулIэныгъэми и щIыбагъ къыдэлъщ цIыху гуащIэрэ акъылрэ. ЦIыхубэ депутатхэм я Налшык къалэ Советым и исполкомым и тхьэмадэу, къалэ администрацэм и Iэтащхьэу щыта дэтхэнэми и гъащIэм, и лэжьыгъэм, и Iуэху зехьэкIэм епхащ къалащхьэм и тхыдэр. Налшык къалэ администрацэм мы зэманым и Iэтащхьэр Ахъуэхъу Таймуразщ. ИпэкIэ а къулыкъум тета дэтхэнэми хуэдэу, Ахъуэхъуми лъэкI къигъэнакъым къалэр зыхуей хуэгъэзэн, абы и цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэн, ди республикэм и щыхьэрыр абы и хьэщIэхэми фIыкIэ ягу къинэн папщIэ. Насыпым и нэщэнэ налыр зи дамыгъэ, фIыуэ тлъагъу ди Налшык къалэм, абы щыпсэухэм дохъуэхъу къэблэгъа махуэшхуэхэмкIэ. ФокIадэм и I-р псоми угъурлы тхурехъу, ехъулIэныгъэрэ зэIузэпэщыгъэрэ дыщымыщIэу махуэшхуэ куэд Тхьэм дытригъэхьэ. ЖЫЛАСЭ Маритэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2353.txt" }
Нобэ ♦Дзыгъуэнэфым и дунейпсо махуэщ ♦Бразилием щагъэлъапIэ сэлэтым и махуэр ♦Китайм щагъэлъапIэ зэгуэкIуахэм я махуэр ♦1609 гъэм Италием щыщ физик, астроном Галилей Галилео цIыхухэм яригъэлъэгъуащ и IэмэпсымэщIэр – телескопыр. ♦1919 гъэм дунейм щыяпэу Лондон – Париж гъуэгуанэм кхъухьлъатэхэр трагъэуващ икIи пIалъэ пыухыкIам тету рейсхэр ягъэзащIэу щIадзащ. ♦1944 гъэм Берлин и Плётцензее гъэрэщым щаукIащ фашизмэм и бий гупым щыщхэр. Абыхэм яхэтащ тэтэр усакIуэ, иужькIэ «Совет Союзым и ЛIыхъужь» цIэр зыфIащыжа Джалиль Муса. ♦1944 гъэм Франджым и къалащхьэ Париж нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм къыIэщIагъэкIыжащ. ♦1949 гъэм Москва къыщызэIуахащ мамырыгъэм и телъхьэхэм я япэ Союзпсо конференцыр ♦1960 гъэм Италием и къалащхьэ Рим къыщызэIуахащ ХVII гъэмахуэ Олимп Джэгухэр. Ахэр фокIадэм и 11 пщIондэ екIуэкIащ. ♦1973 гъэм томограф Iэмэпсымэр япэу къагъэсэбэпащ. ♦1990 гъэм Абхъазым и Совет Нэхъыщхьэм хэIущIыIу ищIащ я щIыналъэр Куржым и унафэм зэрыщIэмытыжыр. ♦1991 гъэм Белоруссиер къэрал щхьэхуэ зэрыхъуам теухуа унафэ къащтащ. ♦1997 гъэм УФ-м и Президент Ельцин Борис Iэ щIидзащ «Культура» урысейпсо къэрал телеканалыр къызэгъэпэщыным теухуа унафэм. ♦1530 гъэм къалъхуащ Рюриковичхэ ящыщ япэ урыс пащтыхь, адыгэ малъхъэ Иван IV Грозный. ♦1930 гъэм къалъхуащ совет кинорежиссёр, актёр, СССР-м и цIыхубэ артист Данелие Георгий. ♦1930 гъэм къалъхуащ Инджылыз, америкэ киноактёр, продюсер, «Оскар» саугъэтыр зыхуагъэфэща Коннери Шон. ♦1942 гъэм къалъхуащ УФ-м и цIыхубэ артисткэ Тереховэ Маргаритэ. ♦1944 гъэм къалъхуащ кинорежиссёр, сценарийхэр зытх, продюсер, УФ-м и цIыхубэ артист Соловьёв Сергей. ♦1952 гъэм къалъхуащ футболист, гъэсакIуэ, СССР-м спортымкIэ и мастер, «Рубин» командэм и тренер нэхъыщхьэу щыта Бердыев Курбан. ♦1960 гъэм къалъхуащ нейрохирург, медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Семэн Жаннэ. ♦1966 гъэм къалъхуащ публицист, «Къэбэрдей-Балъкъэр» ГТРК-м и унафэщI Къэзанш Людмилэ. ♦1970 гъэм къалъхуащ нэмыцэ модель, актрисэ, жылагъуэ лэжьакIуэ Шиффер Клаудие. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 26 - 27-рэ, жэщым градус 16 - 19 щыхъунущ. Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2354.txt" }
Урысейм и университетхэм щIэтIысхьэгъуэр щызэфIэкIащ Урысей Федерацэм и еджапIэ нэхъыщхьэхэм щIэтIысхьэгъуэр ехъулIэныгъэхэр пылъу щекIуэкIауэ къыщалъытащ Ректорхэм я урысейпсо зэгухьэныгъэм и зэIущIэм. Абы хэтащ УФ-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Фальков Валерий. Ректорхэм я урысейпсо зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ, Москва къэрал университетым и ректор Садовничий Виктор жиIащ 2021-2022 гъэ еджэгъуэщIэм еджапIэ нэхъыщхьэхэм щIэсынухэр къыщыхаха Iуэхур зыхуей хуэзэу зэрекIуэкIар, адрей гъэхэм хуэмыдэжу университетхэм щеджэну хуейуэ жэрдэм зиIэ куэдым я тхылъхэр зэратар, языныкъуэ факультетхэм щекIуэкIа зэныкъуэкъур зы пIэм цIыху 60-м нэблагъэ хущIэкъуу зэрыщытар. Апхуэдэуи тхьэмадэм къыхигъэщащ мы гъэм УФ-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм къыхилъхьа IуэхугъуэщIэхэм щIэтIысхьэм дежкIи зыщIэтIысхьэмкIи сэбэпынагъ куэд пылъу къызэрыщIэкIар. Бауманым и цIэр зезыхьэ МГТУ-м и ректор Александров Анатолий кърата тхылъхэм я бжыгъэм зэрыхэхъуар жиIащ. «Университетым щIэтIысхьэну хуейуэ тхылъ къэзытахэр зэрыкуэдым къищынэмыщIауэ, ныбжьыщIэхэм ЕГЭ-мкIэ къахьа баллхэр мы гъэм нэхъ лъагэт. Абы къыхэкIыу щIэтIысхьэн папщIэ къэпхьын хуей баллхэр мы гъэм нэхъыбащ», - жиIащ Александровым. Томь къэрал университетым и ректор Галажинский Эдуард гу лъитащ абитуриентхэм щIыналъэ еджапIэ нэхъыщхьэхэр нэхъ къыхах зэрыхъуам. - ЩIыналъэ вузхэм зи дэфтэр езытахэм я бжыгъэр зэрынэхъыбэр къагъэлъэгъуащ мы гъэм. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, ди къэрал университетым зэи къэмыхъуауэ тхылъ мин 40 къыщIалъхьат, ар я нэхъ мащIэ дыдэу абитуриент мини 10 мэхъу. ЩIалэгъуалэм, ди гуапэ зэрыхъущи, я псэупIэм и гъунэгъу университетхэр къыхах, ауэ щыхъукIи, Iэмал имыIэу, гулъытэ хэха хуащI я щIыналъэ еджапIэм къэрал рейтингым щиубыд увыпIэм, - жиIащ Галажинскэм. МФТИ-м и ректор Ливанов Дмитрий къытеувыIащ мы гъэм щIэтIысхьэхэм балли 100 къэзыхьа ныбжьыщIэ куэд зэрахэтым. МФТИ-м зи тхылъ щIэзылъхьахэм ящыщу цIыхуи 6-м предметищымкIэ ята ЕГЭ-мкIэ балл 300 къахьащ, 47-м предметитIымкIэ ята ЕГЭ-мкIэ балл 200 къахьащ. «Мис абыхэм я нэхъыбэр, ди къэралым цIэрыIуэ щыхъуа, предметиплIымкIэ ита ЕГЭ-мкIэ балл 400 къэзыхьа Бродская Иринэ хуэдэу, зыщIэтIысхьэр Физтехращ. Иджыпсту щIэупщIэ зиIэ IT-IэщIагъэхэм къадэкIуэу, школыр къэзыухахэм нэхъыбэрэ къыхах хъуащ биологие, естественно-щIэныгъэ унэтIыныгъэхэр. КъищынэмыщIауэ, мы гъэм олимпиадэм увыпIэ къыщызыхьахэм я нэхъыбэр физикэ школхэм кIуащ», - жиIащ МФТИ-м и ректорым. КъэпщытакIуэхэм я лэжьыгъэм кърикIуахэм щыхэплъэжым наIуэ хъуащ экзаменыншэу урысей вузхэм цIыху 6557-рэ зэрыщIэтIысхьар. Ар олимпиадэхэм щытекIуа школакIуэхэрщ. Абыхэм нэхъыбэу къыхахар -прикладная математикэмрэ информатикэмрэ, экономикэ, юриспруденцие, программнэ инженерие, прикладная математикэмрэ физикэмрэ, дохутыр, бзэщIэныгъэ, фундаментальнэ, прикладная физикэ, информатикэмрэ вычислительнэ техникэмрэ, менеджмент IэщIагъэхэрщ. Языныкъуэ университетхэм ахъшэншэу ущеджэ хъу тIысыпIэу иIэмрэ конкурсыншэу щIэхуахэм я бжыгъэмрэ зэщхьэщыкIащ. Абы къыхэкIыу, унафэ къащтэри, щIэхуа псори университетым и мылъкукIэ ирагъэджэну траухуащ. «Гъэ еджэгъуэщIэм олимпидэхэм я егъэкIуэкIыкIэм кIэлъыплъын хуейщ, - жиIащ министр Фальков Валерий. - Ахэр еджапIэ нэхъыщхьэхэм тыншу узэрыщIэтIысхьэ гъуэгу хъуащи, къызэрызэрагъэпэщ, зэрырагъэкIуэкI щIыкIэхэр егъэфIэкIуапхъэщ. Мы гъэм зэхьэзэхуэхэм щытекIуахэмрэ балли 100 къэзыхьахэмрэ апхуэдизкIэ куэд хъурти, бюджет тIысыпIэр университетхэм яхурикъуртэкъым. ФIыщIэ яхуэщIыпхъэщ апхуэдэ абитуриент зэчиифIэхэр езыхэм я мылъкукIэ ирагъэджэну къэзыщта университетхэм я унафэщIхэм». НэщIэпыджэ Замирэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2355.txt" }
Иджырей тхакIуэ Щомахуэ Залинэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2356.txt" }
Нобэ ♦Абхъазым и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ ♦Осетие Ипщэм и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ ♦Тыркум IэщэкIэ зэщIэузэда и къарухэм я махуэщ ♦США-м щагъэлъапIэ цIыхубзхэм я хуитыныгъэм и махуэр ♦1382 гъэм тэтэр хъан Тохъутэмыщ и дзэм Москва къиубыдащ икIи абы лыгъэ иридзащ. Абы кIэлъыкIуэу яубыдат Владимир, Переяславль, Юрьев, Звенигород, Можайск къалэхэр. ♦1723 гъэм Петергоф псыутххэр я комплекс щаутIыпщащ. ♦1728 гъэм Беринг Витус Америкэмрэ Азиемрэ я псыдэжыпIэр къихутащ. Зэман дэкIри, абы къэхутакIуэм и цIэр фIащыжащ. ♦1858 гъэм телеграф Iэмэпсымэр япэу къагъэсэбэпауэ щытащ ♦1943 гъэм советыдзэм щIидзащ Днепр псыр нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм къаIэщIэгъэкIыжыным, Украинэм щыщ Iыхьэр хуит къэщIыжыным хуэунэтIа зауэм. ♦1972 гъэм Германием и Мюнхен къалэм къыщызэIуахащ ХХ гъэмахуэ Олимп Джэгухэр. ФокIадэм и I0 пщIондэ екIуэкIа а зэхьэзэхуэхэм хэтащ къэрали I2I-м я лIыкIуэу цIыху 7I70-рэ. Олимпиадэр здекIуэкIым нэщхъеягъуэшхуэ къэхъуат – Израилым и командэм щыщ цIыху II хэкIуэдауэ щытащ журтхэм яхуэгъэзауэ ялэжьа терактым. ♦1908 гъэм Тыркум япэ Адыгэ Хасэ къыщызэрагъэпэщащ. ♦1991 гъэм РАН-м прикладной математикэмрэ автоматизацэмкIэ и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтыр къызэIуахащ. ♦1451 гъэм къалъхуащ Америкэр зэрыщыIэр къэзыхута Колумб Христофор. ♦1925 гъэм къалъхуащ урысей кинорежиссёр, оператор, актёр, композитор, фильм зыбжанэм я сценарийхэр зытха Тодоровский Пётр. ♦1947 гъэм къалъхуащ педагогикэ щIэныгъэхэм я доктор, Педагогикэ егъэджэныгъэмкIэ дунейпсо академием и член-корреспондент Зэгъэщтокъуэ Хьисэ. ♦1947 гъэм къалъхуащ урысей актёр, УФ-м щIыхь зиIэ и артист Арлазоров Ян. ♦1952 гъэм къалъхуащ «Тетраграф» ООО-м и унафэщI, ДАХ-м и саугъэтыр зыхуагъэфэща Шакъ Елберд. ♦1976 гъэм къалъхуащ урысей уэрэджыIакIуэ, музыкант, композитор Земфирэ. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 27 – 29-рэ, жэщым градус I7 – I9 щыхъунущ. Лъэпкъ Iущыгъэ: Зи пIалъэ умыщIэ шыкIэ утыку уимыхьэ. Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2357.txt" }
Коваленкэ Кирэ и фильмыщIэр фокIадэм къагъэлъэгъуэн щIадзэнущ Сокуров Александр Налшык щригъэджа режиссёр щIалэгъуалэм щыщ Коваленкэ Кирэ и «IэштIымхэр щызэрыпхкIэ» фильмыр Урысейм къыщагъэлъэгъуэнущ. Фильмым и продюсер Роднянский Александр инстаграмым щиIэ напэкIуэцIым режиссёр хъыджэбзым и лэжьыгъэщIэм теухуауэ нэгъуэщI хъыбархэми щыгъуазэ дещI. Продюсерым зэрыжиIэмкIэ, Кирэ и фильмыр Европэм и киногъуазджэм пщIэшхуэ щызиIэ, Испанием хыхьэ Сан-Себастьян къалэм щекIуэкIыну 69-нэ фестивалым и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэм хагъэхьащ. «А фестивалым щагъэлъэгъуэну зыхуэфащэ фильмхэр къыхэзыххэм апхуэдэпщIэ зылъагъэсыр илъэсым и кIуэцIкIэ зи цIэ нэхъ къраIуа, куэдым ягу ирихьа теплъэгъуэхэрщ», - етх Роднянскэм. Налшык щыщ режиссёр хъыджэбзым и лэжьыгъэм апхуэдэпщIэ къыщIылъыса щхьэусыгъуэхэм язщ абы Канны щекIуэкIа кинофестивалым саугъэт нэхъыщхьэр къызэрыщихьар. «IэштIымхэр щызэрыпхкIэ» фильмыр апхуэдэ нагъыщэ лъагэкIэ къыхагъэща япэ урысей фильмщ», - къыхегъэщ продюсерым. ТекIуэныгъэр зыIэрыхьа теплъэгъуэм дуней хъурейм кином щелэжь IуэхущIапIэ псоми гу къылъатащ. Ар ирагъэблэгъакIэщ пщIэшхуэ зиIэ фестивалхэу Теллурайд, Торонтэ, Нью-Йорк, Иерусалим, Варшавэ къалэхэм щекIуэкIынухэм. Иджы а къебжэкIым къыхэуващ нобэ зи гугъу тщIы Сан-Себастьян щекIуэкIыну фестивалри. «Коваленкэ Кирэ и фильмыр апхуэдэ зэпеуэ ехьэжьам зэрыхагъэхьар езы фильмым хуагъэув уасэр зэрылъагэм и щыхьэтщ», - етх Роднянский Александр икIи фильмым и зэхэлъхьэкIэр кIэщIу дигу къегъэкIыж. ⠀ Теплъэгъуэр щокIуэкI Осетие Ищхъэрэм, къурш зэхуакум дэкъузауэ дэс, фIамыщI къыщIэхыпIэ къалэ Мизур. Гузэвэгъуэ гуэр къызэранэкIри къалэм къэIэпхъуауэ щопсэу фильмым и лIыхъужь нэхъыщхьэхэм яз Зауррэ абы и бынхэмрэ. И къуэхэри ипхъури ткIийуэ зыIыгъ адэм гъэсэныгъэмрэ сабийм бэуапIэ емытынымрэ я мардэр фIызэхозэрыхь. ЩIалэ нэхъыжьыр Ростов лэжьакIуэ фIэкIуащ. Къуэ нэхъыщIэ Дакко гъащIэм зэрыщыгугъыр иджыри зэхэкIакъым. Адэм и хъыджэбз гъэфIэн Адэ щIэпхъуэжыну и мурадщ. Адэм и IэплIэ быдэхэр зэрихыу хуиту псэуну хуей хъыджэбзым ар гугъуехьышхуэ пылъу фIэкIа къехъулIэркъым. Коваленкэ Кирэ и фильмыщIэм деплъыну дызэрыхьэ мазэм Iэмал диIэнущ. «Пионер» кинокомпанием и фIыгъэкIэ ар Урысейм щагъэлъэгъуэн щIадзэнущ фокIадэм и 25-м щегъэжьауэ. Чэрим Марианнэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2358.txt" }
Фэеплъ зэхьэзэхуэ Дзюдо Налшык дэт Универсальнэ спорт комплексым щекIуэкIащ СССР-м спортымкIэ и мастер Бабаев Къуанч и фэеплъу къызэрагъэпэща дзюдомкIэ XVIII урысейпсо ныбжьыщIэ зэхьэзэхуэхэр. Абы хэтащ Урысейм и щIыналъэ 25-мрэ Донецк ЦIыхубэ Республикэмрэ къикIа зи ныбжьыр илъэс 15 - 17 ит ныбжьыщIэ 677-рэ. Зыхэта гупхэм пашэныгъэр щаубыдащ Къумыкъу Астемыр, Пщыбий Амир, ТекIужь Астемыр сымэ. Дыжьыр медалхэн зыIэрагъэхьащ Хъущт Динарэрэ Жэмыхъуэ Маратрэ. Ещанэ увыпIэхэр яубыдащ Ахэмын Адисэ, Дзэгъэл Камиллэ, Мысыр Каринэ, Къанкъул Давид, Щад Алимбэч. Зэхьэзэхуэм щытекIуахэм Iэмал ягъуэтащ Урысейпсо зэпеуэу щэкIуэгъуэм и 4-7-хэм Ижевск къалэм щызэхэтынум зыкъыщагъэлъэгъуэну. Абы къыщыхэжаныкIахэр ягъэхьэзыращ Иванов Дмитрий, Апхуд Андзор, Дзухэ Беслъэнрэ Залымрэ, Джэданэ Залым, Бэрэздж Светланэ, Къуп Эдуард, Сэралъп Олег, Мырзэ Тимур, Бэгъуэт Мухьэмэд, Марыщ Эдуард сымэ. Жыласэ Замир.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2359.txt" }
Дунейм щыхъыбархэр Журналистхэм я лэжьапщIэхэр зыхуэдизыр Урысейм и Президентым и пресс-IуэхущIапIэм щылажьэхэм я улахуэхэр зыхуэдизыр къигъэнэIуащ Песков Дмитрий. «Ди деж къулыкъукIэ узэрыщыдэкIуей пкIэлъейр икъукIэ лъагэщ. ЯпэщIыкIэ IэщIагъэлI, иужькIэ консультант мэхъу, абы кIэлъыкIуэу чэнджэщэгъу, адэкIэ департаментым и унафэщIым и къуэдзэ, департаментым и унафэщI къулыкъухэр къокIуэ, референт, управленэм и унафэщIым и къуэдзэ», - къыхигъэщащ къэралым и УнафэщIым и пресс-секретарым, «Медиадень» зэхуэсым къыщыщыпсалъэм. Песковым зэрыжиIамкIэ, улахуэхэри щхьэж иIыгъ къулыкъум елъытауэ зэщхьэщокI, ауэ IэнатIэ пэрыувагъащIэхэм сом мин 50 – 60-м къыщыщIадзэ. ЯгъэзащIэ къалэнхэм, зэрылэжьа илъэс бжыгъэм, и IэнатIэм сыхьэтийм щIигъуу зэрызыщиIэжьа – абыхэм елъытауэ я улахуэм хущIагъухэри яIэщ. Езым и хэхъуэр зыхуэдизыр Песковым хэIущIыIу ищIын идакъым: «Ар вжесIэнукъым. Абы сыхуитщ. Сэ къэзлэжьыр къыщыгъэлъэгъуащ си декларацэм икIи абы зыри щыщIэзуфакъым». АрщхьэкIэ журналистхэм куэд ящыббзыщIыфын?! Песковым и декларацэм итри къащIащ абыхэм – 2017 гъэм Президентым и пресс-секретарым сом мелуан 14,343-рэ къилэжьащ. Пщащэ гумащIэм и щапхъэ Псэущхьэ екIуэлIапIэншэхэр щаIыгъыу Мейкъуапэ дэт IуэхущIапIэм хузэтрихьа щIыхуэр ипшыныжащ и цIэ-унэцIэр хэIущIыIу ящIыну хуэмей хъыджэбзым. Студенткэр а IуэхущIапIэм кIуат уэрамым къыщигъуэта джэду цIыкIур Iахыну елъэIуу. Ауэ лэжьакIуэхэм ар къызэрамыщтэфынур жаIащ. И щхьэусыгъуэри зыдэлажьэ ветеринар клиникэм и щIыхуэу сом мин 340-рэ къазэрытехуарат. Волонтёрхэм зэрагъэщIэгъуэнур ящIэртэкъым хъыджэбзым а щIыхуэр яхуипшыныну къащыжриIам икIи абы и псалъэр игъэпэжащ. А хъыбарыр зэхэзыххэм яфIэтелъыджэщ пщащэ цIыкIум и гумащIагъэр. Псэущхьэ екIуэлIапIэншэхэм зыщIэзыгъэкъуэну хуей нэгъуэщIхэри иужькIэ къыкъуэкIащ. Нобэ Урысей щIэныгъэм и махуэщ. 1724 гъэм Пётр Езанэм Iэ щIидзащ Петербург ЩIэныгъэхэмкIэ и академиер къызэгъэпэщыным теухуа унафэм. Иджыпсту ар РАН-рщ. Урысейм и дзэ топографым и махуэщ Словением щагъэлъапIэ я щэнхабзэм и махуэр Иракым и революцэм и махуэщ 1725 гъэм дунейм ехыжащ Урысейм и япэ император Пётр Езанэр. 1819 гъэм Санкт-Петербург университет къыщызэгъэпэщыным теухуа унафэр къащтащ. 1837 гъэм Петербург и Iэгъуэблагъэм деж Пушкин Александррэ Дантес (Геккерн) Жоржрэ щIакIуэкIапэ щызэдытеуващ. Абы щигъуэта уIэгъэм Пушкиныр илIыкIащ мазаем и 10-м. 1838 гъэм Морзе Сэмюэл малъхъэдисыр къигъэсэбэпу зэпкърилъхьа телеграфым и лэжьэкIэм цIыхухэр щыгъуазэ ищIауэ щытащ. 1904 гъэм урыс-япон зауэм щIидзащ. 1905 гъэм Урысейм щыяпэу къызэIуахащ журналистхэр щрагъаджэ курсхэр. Ахэр къызэригъэпэщат профессор Владимиров Леонид. 1919 гъэм Урысейм къыщыдэкIащ зэманыр дунейпсо пщалъэм тету къэралым къыщыгъэлъэгъуэным теухуа унафэр. 1943 гъэм советыдзэхэм Курск къалэр хуит къащIыжащ. 1984 гъэм Сараевэ къалэм (Югославие) къыщызэIуахащ ХIV ЩIымахуэ Олимп джэгухэр. Ахэр мазаем и 19 пщIондэ екIуэкIащ. 1992 гъэм Альбервиль (Франджы) къыщызэIуахащ XVI ЩIымахуэ Олимп джэгухэр. Ахэр мазаем и 23-м зэхуащIыжащ. 2002 гъэм Солт-Лейк-Сити къалэм (США) къыщызэIуахащ XIX ЩIымахуэ Олимп джэгухэр, мазаем и 24 пщIондэ екIуэкIахэр. 1994 гъэм «Газета Юга» газетым и япэ номерыр къыдэкIащ. 1828 гъэм къалъхуащ франджы тхакIуэ, щIэныгъэ фантастикэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа Верн Жюль. 1834 гъэм къалъхуащ урыс еджагъэшхуэ, химик цIэрыIуэ Менделеев Дмитрий. 1900 гъэм къалъхуащ урыс тхакIуэ, бзэр зыджа щIэныгъэлI Успенский Лев. 1917 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ артист, УФ-м щIыхь зиIэ и артист, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэрал саугъэтым и лауреат Болэ Мурат. 1928 гъэм къалъхуащ СССР-м и цIыхубэ артист, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, СССР-м и Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща Тихонов Вячеслав. 1949 гъэм къалъхуащ УФ-м и цIыхубэ артисткэ, СССР-м и Къэрал саугъэтыр зрата Муравьевэ Иринэ. 1955 гъэм къалъхуащ химие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Щауэ Iэбубэчыр. 1977 гъэм къалъхуащ урысей фигурист, Олимп чемпион, УФ-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер Костомаров Роман. 1987 гъэм къалъхуащ Италием щыщ фигуристкэ цIэрыIуэ, дунейпсо чемпионкэ, Европэм тхуэнейрэ пашэныгъэр щызыубыда Костнер Каролинэ. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 2 – 3, жэщым градус 1 - 2 щыхъунущ. Лъэпкъ Iущыгъэ: Жыгыр здещIэмкIэ мауэ. Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "236.txt" }
Сабий сымаджэщыр ирагъэфIакIуэ Республикэ сабий клиникэ сымаджэщым зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэшхуэхэр щрагъэкIуэкIынущ. А Iуэхум хухахащ федеральнэ бюджетым къыхэкIыу сом мелуани 125-рэ. Сымаджэщыр 1987 гъэм къызэIуахащ, абы лъандэрэ зэхъуэкIыныгъэшхуэ щекIуэкIакъым. Мылъкур зытекIуэдэнур яубзыхуащ, проект-сметэ дэфтэрхэр хьэзырщ, ахъшэр къазэрыIэрыхьэу (ар мы илъэсым къаутIыпщынущ) Iуэхум и ужь ихьэнущ. Апхуэдэу республикэ бюджетым и мылъкукIэ приемнэ, диагностикэ къудамэхэм я унэр, сымаджэщым и корпус нэхъыщхьэр зэпагъэхьэну я мурадщ, щIыбым укъыщIэмыкIыу дэтхэнэми укIуэфу щытын папщIэ. Шэч хэмылъу, абы сымаджэхэми дохутырхэми я Iуэхур куэдкIэ къащигъэпсынщIэнущ. КъищынэмыщIауэ, республикэ къулыкъущIэхэм я жэрдэмкIэ медицинэ IуэхущIапIэм къегъэщIылIа щIыналъэр зэIузэпэщ щIыным хуэунэтIауэ архитектор ныбжьыщIэхэм проектхэр ягъэхьэзыр. Республикэ сабий клиникэ сымаджэщым щIыналъэм и педиатрие IэнатIэр къыщызэгъэпэщащ, унэтIыныгъэ 15-кIэ сабийхэм медицинэ Iуэхутхьэбзэхэр щыхуащIэ. Иужьрей илъэсхэм лышх узыфэр зыпкърыт цIыкIухэм абы щагъуэт фIагъ лъагэ зиIэ технологиехэр зи лъабжьэ дэIэпыкъуныгъэхэр. Адрей унэтIыныгъэхэм апхуэдэ зыужьыныгъэхэр яIэн папщIэ иджырей мардэхэм хуэкIуэу зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр щегъэкIуэкIын хуейщ. Сабий медицинэ IуэхущIапIэр зыхуей хуэзэу къагъэщIэрэщIэжмэ, цIыкIухэм хуащIэ Iуэхутхьэбзэхэм я фIагъым хэхъуэнущ, IэнатIэм щIэуэ къыхыхьэ IэзэкIэ зэмылIэужьыгъуэхэр IэнатIэм къыщагъэсэбэпынымкIэ Iэмал нэхъыбэ яIэнущ, абы къыдэкIуэуи дохутырхэми сымаджэхэми я тыншыгъуэми хэхъуэнущ. ЩхьэщэмыщI Изэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2360.txt" }
Польшэм къыщыхожаныкI Атлетикэ хьэлъэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ штангист Богатырёв Таулан домбеякъ медалыр къыщихьащ Польшэм щекIуэкIа ныбжьыщIэхэм я зэхьэзэхуэм. АбыкIэ хъыбар къыдигъэщIащ КъБР-м атлетикэ хьэлъэмкIэ и командэ къыхэхам и тренер нэхъыжь Шэкэм Михаил. Цеханув къалэм щызэхэта зэпеуэм утыкум къыщихьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ штангисти 3. Псори зэхэту двоеборьемкIэ килограмм 239-рэ (107/132) къэзыIэта Богатырёвыр килограмм 73-рэ зи хьэлъагъхэм я деж ещанэ щыхъуащ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, Польшэм щыIа НыбжьыщIэхэм атлетикэ хьэлъэмкIэ и зэхьэзэхуэм и япэ махуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым икIахэм медалитI къыщахьащ. Къапщтэмэ, ди лъахэгъу Скрипко Аланэ тIэу бгъэдыхьэгъуэм килограмми 181-рэ (80/101) къиIэтащ. Ар ирикъуащ килограмм 64-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм щытекIуэн папщIэ. Гулиев Тамерлан Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам къыхуихьащ домбеякъ медалыр. Абы двоеборьем килограмм 261-рэ (117/144) къыщиIэтащ. Къэхъун Бэч.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2361.txt" }
МэшбащIэ Исхьэкъ Кастро Фидель зэрыхуэзар ГукъэкIыжхэр Адыгэ Республикэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым я цIыхубэ тхакIуэ, СССР-м, УФ-м я Къэрал саугъэтхэм я лауреат МэшбащIэ Исхьэкъ игу къигъэкIыжын и куэдщ. И илъэс 90-м къриубыдэу ар цIыху гъуэзэджэ куэдым яхуэзащ, къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм лэжьыгъэ IуэхукIэ щыIащ. ТхакIуэ цIэрыIуэр СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм щыхэта лъэхъэнэм къэрал лIыкIуэ гупым хэту 1990 гъэм и накъыгъэ мазэм Кубэм щыIат, абы Кастро Фидель зэрыщыхуэзар, зэрыщыбгъэдэсар и гукъэкIыжхэм я нэхъ гъэщIэгъуэнхэм ящыщу ноби жеIэж. Фи пащхьэ идолъхьэ Исхьэкъ къыджиIахэжа а хъыбарыр: - Кастро Фидель и лIэныгъэм дэщIыгъуу лъэхъэнэ псо иухащ, дунейм иджыри зы къэгъэшыпIэ къызэринэкIащ, зэрыщытам хуэдэу дяпэкIэ зэи зэрыщымытыжынур игъэбелджылыуэ, - жеIэ МэшбащIэм. - Кубэм дыкIуауэ Фидель сызэрыхуэзэрэ илъэс 30 дэкIами, сэ ар ноби си нэгум щIэтщ – лIы щхьэпэлъагэ, жан, малъхъэдис къару къызыпкърыкI цIыху гъуэзэджэ, политик щэджащэ. 1990 гъэм нэкъыгъэм и 3-м Кубэм кIуэну ежьат СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и лIыкIуэ гуп. Абы хэтт КПСС-м и ЦК-м и секретарь Бакланов Олег, Совет Союзым и ЛIыхъужь, япэ бзылъхугъэ космонавт Терешковэ Валентинэ, Социалист Лэжьыгъэм тIэунейрэ и ЛIыхъужь, еджагъэшхуэ Уткин Владимир («Воевода» ракетэр зыщIа конструкторыр аращ), хыдзэ адмирал, СССР-м и цIыхубэ депутат Сорокин Алексей сымэ. ЛIыкIуэ гупым ягъусэт МИД-м и лэжьакIуэрэ журналисту цIыху 15-м щIигъу. Пщэдджыжьым сыхьэти 10-м псори дыщызэхуэсащ «Внуково-2» аэропортым. Кубэм и лIыкIуэу Совет Союзым щыIэм и фIэхъус псалъэхэмрэ гупым ди унафэщI Бакланов Олег зэрызыкъытхуигъэзамрэ яужькIэ, дэ дитIысхьащ «Ил-86» правительственнэ кхъухьлъатэ Iэхуитлъэхуитым. Бакланов Олег гупым хэтхэм саригъэцIыхуащ: - МэшбащIэ Исхьэкъ Шумахуэ и къуэр адыгэ тхакIуэщ, усыгъэ, прозэ тхыгъэ куэд и Iэдакъэ къыщIэкIащ. Аращ жызыIар: «Нэм илъагъур щхьэм нэхърэ нэхъ лъапIэщ» псалъэхэр. - Ар сэракъым жызыIар, Олег Дмитриевич, - псалъэ Iущхэр зейр сэрауэ зэрыжаIэр си гуапэми, Баклановым жиIар сымыгъэтэмэмыжу хъунутэкъым. – Ар ди лъэпкъ псалъэжьу аращ. Апхуэдэу нэкIуэпакIуэу, зэIухауэ, куэд щIауэ зэныбжьэгъухэм хуэдэу дызэрызэпсэлъам дэ нэхъ зэблагъэ дызэхуищIащ Гаванэ дыщынэсым ирихьэлIэу. Дэ къытIущIащ революцэ щытыкIэм ит Кубэм и унафэщIхэр, Кастро Рауль я пашэу. Къытпежьахэм яхэтт СССР-м и лIыкIуэу а къэралым щыIэ Петров Юрэ. ФIэхъус къыдаха нэужь, дэ къалэм дашащ икIи хъыбар къыдагъэщIащ пщыхьэщхьэм Кастро Фидель дызэрыхуэзэнур. ПIалъэ къагъэлъэгъуам ирихьэлIэу удз гъэгъахэр щаIыгъ хадэ щIыIэтыIэ цIыкIум деж къыщытIущIащ Кастро Фидель, хабзэ хуэхъуауэ зэрихьэ зауэлI фащэмкIэ хуэпауэ. Ар псэлъэгъу гъэщIэгъуэнт, и псэлъэкIэм узыIэпишэт, куэд щIауэ и нэIуасэ цIыхухэм ядэуэршэрым хуэдэу къыдэпсалъэрт. ТIэкIу дэкIауэ ерыскъы Iэнэшхуэ къыщащта пэшымкIэ дыщрагъэблагъэм, Фидель унафэ ищIащ: - Дэ мы плIанэпэм деж дытIысынщ, бзылъхугъэхэм (Терешковэ Валентинэрэ Кастро Рауль и щхьэгъусэ Вильмэрэ) Iэнэ щхьэхуэ яхуэвгъэув. Дакъикъэ зыбжанэм и кIуэцIкIэ Iэнэхэр унафэ ящIам тету къаузэдащ. Кастро Фидель шагъыр фадэбжьэ иIэтри нэмыщI-IэмыщIу жиIащ: - Кавказус поэтус! Тэрмэшым а псалъэхэр зэредзэкI: - Кавказым щыщ усакIуэ, псалъэ жыпIэну зыкъыпхуагъазэ. Си гугъатэкъым лIыкIуэ гупым ди унафэщIыр къагъанэу япэ псалъэр сэ къызатыну, икIи Баклановым сыхуеплъэкIащ. - Къэпсалъэ, Исхьэкъ Шумафович, - сытрегъэгушхуэ абы. Асыхьэтым сэ гу лъызотэ Фидель иIэта бжьэм ит фадэр сысейм хуэдэу шагъыр плъыжьу зэрыщымытыр, атIэ зэрышагъыр хужьыр икIи жызоIэ: - Ныбжьэгъу Фидель, санэплъ зэрыт си кумбыгъэр санэху зэрыт ууейм езгъэунтIэIу хъунукъым. - Сыт щхьэкIэ? – щIоупщIэ Кастро. - Ди къэралым «хужь» псалъэр хуагъадэ граждан зауэр щекIуэкIым Дзэ плъыжьым къыпэщIэта белогвардеецхэм, ахэр ягу къегъэкIри. Дэ ди къэрал ныпым, уэ фIыуэ бощIэ, и фэри плъыжьщ… - Апхуэдэу щыхъукIэ дэ иджыпступцIэ «хужьыдзэр» дгъэкIуэдынщ, - жеIэри Фидель санэхур иреф, санэплъыр кърырегъакIэ. Си хъуэхъум сэ къыхэзгъэщащ Кубэ революцэм и зэхэшакIуэм и лIыгъэмрэ хэхуагъэмрэ, ар зэрыпсэлъакIуэ Iэзэр, зи щхьэхуитыныгъэм щIэбэн лъэпкъ куэдым зэращапхъэр. Совет Союзым Фидель фIыуэ къызэрыщалъагъури пщIэшхуэ къызэрыщыхуащIри жысIащ. Си гъусэу гупым хэта адрейхэми жаIащ Кастро Фидель хуэгъэза псалъэ гуапэ куэд. Абы и жэуапу Кастро къыддэгуэшащ дунейпсо политикэ ухуэкIэми абы Совет Союзымрэ социалист къэралхэмрэ щаубыд увыпIэми теухуауэ иIэ гупсысэхэмкIэ, къыджиIащ Кубэм и цIыхубэр щхьэмыгъазэу икIи хахуэу и щхьэхуитыныгъэм зэрыщIэбэныр. Кубэм щыдгъэкIуа япэ тхьэмахуэм кIэух хуэхъуащ зы жэщ-махуэкIэ Варадеро зыгъэпсэхупIэм дызэрыщыIар, бдзэжьей дещэу, хым зыщыдгъэпскIыу, псы щIыIум кхъуафэжьейкIэ къыщыткIухьыу. КъэралитIым я зэпыщIэныгъэхэр егъэфIэкIуэнымкIэ Iуэхугъуэ зыбжанэ зи пщэ дэлъ Баклановыр ахэр зэфIэхыным яужь итащ. ЛIыкIуэ гупым хэта къэрал къулыкъущIэхэр Гаванэ имызакъуэу Кубэм и нэгъуэщI къалэхэми щыIащ, лъэныкъуитIми я фейдэ зыхэлъ зэгурыIуэныгъэхэмрэ документхэмрэ Iэ традзащ. Псалъэм папщIэ, Сантьяго-де-Кубэ къалэм и фэеплъ щIыпIэхэр зэдгъэлъэгъуащ, и тхыдэм нэIуасэ зыхуэтщIащ. Къалэдэсхэм дащыхуэза зэIущIэр иухащ Кубэмрэ Совет Союзымрэ я зэныбжьэгъугъэм теухуа пшыхьымкIэ. ЖыпIэнуракъэ, а къэралым и дэнэ щIыпIэ дыщымыIами, Совет Союзым и лIыкIуэхэр нэфIэгуфIэу драгъэблагъэрт, я нэхъыбэм урысыбзэ зэращIэри тфIэгъэщIэгъуэнт. Терешковэ Валентинэрэ сэрэ ди пщэрылъхэр зэхуэдэу жыпIэ хъунут: ар бзылъхугъэ жыджэрхэм, жэрдэмщIакIуэхэм яхуэзэрт, егъэджакIуэхэмрэ дохутырхэмрэ епсэлъылIэрт, сэ – щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм, тхакIуэхэм, щIэныгъэлIхэм, артистхэм. Дэ тIур дызыхэт зэIущIэхэм чэзу ищIауэ, ауэ димыгъэхуу зыкъригъэхьэлIэрт Кастро Рауль и щхьэгъусэ Эспин Вильмэ. И щIалэгъуэм ар хэтат 1959 гъэм екIуэкIа партизан зэщIэхъееныгъэмрэ революцэмрэ. Дызыхуэзэ цIыхухэм зыкъытхуагъазэт ди къэралым, абы щызекIуэ политикэм, ди цIыхухэр зэрыпсэум, ди щэнхабзэм, гъуазджэм теухуа упщIэхэмкIэ. Адыгэ Республикэм сызэрыщыщыр къащIа нэужь, къыщIэупщIэрт адыгэхэми. Пэжщ, ди зэпсэлъэныгъэхэр зэдзэкIакIуэ хэмыту екIуэкIыртэкъым. Зэзэмызэхэм Вильмэ къыддэIэпыкъуну делъэIурт, ар щIэныгъэ зыбгъэдэлъ цIыху Iущт. Егъэлеиныгъэ лъэпкъ хэмылъу жысIэфынущ зэIущIэхэр икъукIэ гуапэу, гукъинэжу, зэIухауэ зэрекIуэкIар. СощIэж, Кубэмрэ Совет Союзымрэ я зэныбжьэгъугъэм и щIыхькIэ цIыху мин зыбжанэ кърихьэлIэу Гаванэ щекIуэкIауэ щыта зэIущIэшхуэр. Ди къэралым и лIыкIуэ гупыр зыхэта зекIуэм къызэщIиубыдэ Iуэхухэм я кIэух Iыхьэт ар. Абы къыщыпсэлъащ Кастро Фидели Бакланов Олеги. ЗэIущIэм хэтащ СССР-м и лIыкIуэу Кубэм щыIэ Петров Юрэ икIи а махуэ дыдэм и пщыхьэщхьэм посольствэм дыщигъэхьэщIэжащ. Посольствэм дыщрагъэблэгъа пщыхьэщхьэм къэхъуа зы Iуэхугъуэ мыбдеж къыщысIуэтэжыну сфIэигъуэт. ЗэIущIэм щIидзэным ипэ къихуэу Петровым зыкъысхуегъазэ: - ЗыгуэркIэ сынолъэIунут, Исхьэкъ Шумафович. Ефэ-ешхэр щекIуэкIкIэ, кхъыIэ, Кастро Фидель и къуэдзэм бгъэдыхьи фIыщIэ хуэщI, псалъэ гуапэ зыбжанэкIэ зыхуэгъазэ, абы и щIыхькIэ зы бжьэ къызэдэфIэт. Ди лэжьакIуэхэм щыщ зы щIалэ зэдзэкIакIуэ пхуэхъуфынущи, ар езыр къывбгъэдыхьэнщ. - Юрий Владимирович, си гуапэу схуэгъэзэщIэнущ уи лъэIур. - Ефэ-ешхэ нэужьым Фидель къэкIуэнущи, фэ мо пэшымкIэ фIыщIыхьэнщ, - жеIэри, дыздэкIуэнур сегъэлъагъу. ЛIыкIуэм и лъэIур згъэзэщIащ. Парт IуэхухэмкIэ Кастро и къуэдзэм и гуапэ хъуащ сызэрепсэлъар. Кубэм зиужьыну, Фидель яхуэузыншэну, езыри ефIэкIуэну сыхуэхъуахъуэу жесIа псалъэхэр гунэс зэрыщыхъуар нэрылъагъут. Пщыхьэщхьэшхэр зэфIэкIа нэужь, сэ сунэтIащ ди лIыкIуэм сигъэлъэгъуа пэшымкIэ. Абы и щIыхьэпIэр яхъумэрт зауэлI щхьэпэлъагэхэм. Ди посольствэм сызэрыщыIэр, ар СССР-м и щIыналъэ пэбжу зэрыщытыр къызгурыIуэрти, Фидель и щхьэхъумэхэм щхьа сыкъызэтемыувыIэу сокIуэ. Ауэ хъумакIуэхэр къыщыспэувым, мыжыжьэу къыщыт Вильмэ абы гу лъетэри, къокIуатэ икIи абыхэм саблешри пэшым сыщIешэ. Къыхэзгъэщыну сызыхуейт, Кубэм я лIы пашэм и гъащIэм ещэхэр абы куэдрэ къызэребгъэрыкIуар икIи арат Фидель и щхьэхъумэхэр апхуэдизу сакъыу, зыми дзыхь хуамыщIу щIыщытыр. А пщыхьэщхьэм посольствэм щызэхаубла зэIущIэр нэху щыху екIуэкIащ. ХьэщIэхэр зэбгрыкIыжа нэужь, Петров Юрэ къызжеIэ: - Щхьэхъумэхэм уащыIууам шыIэныгъэшхуэ бгъэлъэгъуащ, фIыщIэ пхузощI абы папщIэ. Сыт пщIэн, ар абы я лэжьыгъэщ. Сэри сыдэгушыIэжащ дыщызэрыцIыхуа япэ махуэм щегъэжьауэ ныбжьэгъу къысхуэхъуа щIалэм (дэ нобэр къыздэсми дызэныбжьэгъущ): «Пэжщ, Юрий Владимирович, си насыпу сыкъелащ абыхэм». Дыкъыщежьэжыну махуэм дагъэщIа пщыхьэщхьэшхэм, Петров Юрэ и псэупIэм щекIуэкIам, Кубэм щыщу Кастро зэкъуэшитIырщ щыIар. Iэнэр зезыгъакIуэр Фиделрэ Петровымрэт. Сэ Рауль сыбгъэдэст, урысыбзэкIэ зэзэмызэ дызэпсалъэу. ЗэIущIэр гуапэу екIуэкIырт, къызэхуэсахэр дахэу зэдэгушыIэу зэхэст. - Рауль, фэ фыкъэдаIуэркъым, - жиIащ Фидель, Раулрэ сэрэ дызэрызэпсалъэм гу лъитауэ. Ар щызэхихым Рауль къэтэджри и къуэшым жиIэм щыту едэIуащ. ИужькIэ къызжеIэ: - Къуэш нэхъыжьыр къыщопсалъэкIэ, гу зылъыптэжыну къыщыпхуигъэлъагъуэкIэ, ущыту уедэIуэн хуейщ ди хабзэмкIэ. Абы сигу къигъэкIыжащ дэри нэхъыжьым пщIэ хуэпщIу ущыту уедэIуэн хуейуэ дызэрихабзэр. Псалъэ къыщызатым, сэ жысIащ: - Сэ Кавказым щынэхъыжь дыдэ лъэпкъхэм ящыщ зым сыщыщщ. Си лъэпкъыр – адыгэхэр – игъащIэми къогъуэгурыкIуэ щхьэхуитыныгъэм щIэбэну. 1959 гъэм Кубэм революцэ къыщыхъуауэ, телъхьэу уэ, ныбжьэгъу Фидель, узипашэ цIыхубэр текIуауэ щызэхэтха илъэсыщIэ жэщым сэ усэ стхауэ щытащ уэрэ уэ уи гъуса зауэлI хахуэхэмрэ фи лIыгъэм и щIыхькIэ. Сыхуейт си анэдэлъхубзэмкIэ стха а усэм иджыпсту сыкъыфхуеджэну. Усэм къеджэн суха нэужь, куэд дэмыкIыу ди посольствэм и библиотекэм кърахри Петров Юрэ къыхуахьащ усэхэр щызэхуэхьэса «Москва – Гавана, Гавана – Москва» тхылъыр. Абы урысыбзэрэ испаныбзэкIэ зэдзэкIауэ си усэ зыбжани итт. АдыгэбзэкIэ сыкъызэджа усэ дыдэм Петровыр урысыбзэкIэ (Рождественский Роберт зэридзэкIауэ щытат ар) къеджащ, итIанэ Фидель абы испаныбзэкIэ къеджащ. А псом кIэух хуэхъуащ къуэш зэхуэхъуахэм зэхуэтщIа IэплIэ быдэхэр. А зэманым си нэгу щIэкIауэ щыта псори си гум илъу илъэс куэд хъуауэ къыздызохьэкI, си гукъэкIыж нэхъ гуапэ дыдэхэм ящыщ зыуэ. Абы щыгъуэ Щхьэхуитыныгъэм и хытIыгум дыкъикIыжу Москва дыкъэкIуэжу гъуэгу дыздытетым, сэ сегупсысырт цIыхухэм я пащхьэ тхакIуэм щихь пщэрылъ нэхъыщхьэмрэ жэуаплыныгъэмрэ я инагъым, пэжымрэ фIымрэ я джакIуэу ар зэрыщытым, а псор щIэджыкIакIуэм и деж нихьэсын зэрыхуейм. Дунейм тет цIыхухэр зэщхькъым: я теплъэкIи, я гурылъкIи, зыщыщ лъэпкъкIи, зэрахьэ динкIи. Зэхуэдэу абыхэм яIэр, тобэ ирехъуи, я псэкупсэрщ. ФIы къащехъулIэми, Iей я нэгу щыщIэкIми, ахэм захъуэжыркъым: илъэсищэ, щитху, мин ипэкIэ зэрыщытам хуэдэу псэ хьэлэлщ, гумащIэщ, жумартщ, цIыхуфIщ, абы къыдэкIуэуи нэпсейщ, гущIэгъуншэщ, фыгъуэнэдщ, фейдэщIэкъущ. Ауэ сыт щыгъуи цIыхум япэ иригъэщу игъэнэхъ лъапIэр и щхьэ хуищIыж пщIэмрэ и щIыхьымрэщ. Дэ, тхакIуэхэм, нэхъапэхэм къытпаубыдырт «нып плъыжьым хуэпэжу» щапхъэфI зытепх хъун лIыхъужьхэр зыхэт тхыгъэхэр къэдгъэщIыну. Дзэ Плъыжьым и зауэлIыр лейзехьэу «щытынкIэ» а зэманым Iэмал зимыIэт. ГурыIуэгъуэщ апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм дызыхуишар: лъэхъэнэр, цIыхухэр, зэманыр зэрыщыта дыдэу къэгъэлъэгъуэжыныр пэжым бгъэдишри лъэныкъуабэ ищIащ. Дэ ар къызэднэкIри цIыхум и псэкупсэ дунейр, ар плъыфэбэу зэрызэхэлъыр къэгъэлъэгъуэным дыхуэкIуащ. Кастро Фидель и деж къэдгъэзэжынщи, Кубэм и цIыхубэм и дежкIэ ар щхьэхуитыныгъэм и дамыгъэ хъуащ. Абыхэм я дежкIэ Фидель революцэм и джакIуэщ, цIыхубэ хуитыныгъэм и щхьэщыжакIуэщ икIи зи гу пщтырыр цIыху къызэрыгуэкIхэм хуэгъэза лъагъуныгъэкIэ гъэнщIа гъуазэщ. Зытхыжар НэщIэпыджэ Замирэщ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2362.txt" }
Сабийхэм я нэкIэ КъБР-м Лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ къащхьэщыжынымкIэ министерствэм шыщхьэуIум и 26-м щагъэнэIуащ «Лэжьыгъэр хъумэныр - сабийхэм я нэкIэ – 2021» фIэщыгъэм щIэт хэгъэгу зэпеуэм щытекIуахэмрэ къыщыхэжаныкIахэмрэ. Ар хуэгъэпсат КъБР-м и Къэралыгъуэм, ЩIэныгъэм я махуэхэм. Зэпеуэм лэжьыгъи 129-рэ къагъэхьати, ахэр Интернетым къралъхьэри, мэкъуауэгъуэм и 1-м щегъэжьауэ шыщхьэуIум и 20 пщIондэ онлайн жыпхъэм иту нэхъыфIыр IэIэткIэ къыхахащ. Абы хэтахэр, я ныбжь елъытауэ, щыуэ зэщхьэщыхауэ щытащ: илъэси 3-6, 7-12, 13-18. Пашэныгъэ зыубыда ныбжьыщIэ цIыкIухэм щIыхь тхылъхэмрэ фэеплъ саугъэтхэмрэ иджыблагъэ яритыжащ КъБР-м лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ къащхьэщыжынымкIэ и министр Асанов Алим. Ар ныбжьыщIэ цIыкIухэм ехъуэхъури, я зэфIэкI дяпэкIи зрагъэужьыну къыхуриджащ. Къыхэгъэщыпхъэщ хэгъэгу зэпеуэм щытекIуахэм я IэдакъэщIэкI лэжьыгъэхэр фокIадэм и 1 пщIондэ федеральнэ зэпеуэм хагъэтыну зэрагъэхьынур. ТекIуахэм дохъуэхъу, я ехъулIэныгъэщIэхэм дыпоплъэ! Щомахуэ Залинэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2363.txt" }
ГъащIэм и щIэдзапIэ ЩIыуэпсыр, бзылъхугъэр. А псалъэхэр я купщIэкIэ зэщхьщ, зэпэгъунэгъущ: тIури псэ зыIутым и щIэдзапIэщ. Дунейм и дахагъэр, гъащIэм и IэфIыпIэр ирапх абыхэм. А лъапIэныгъэхэр игъэнэхъапэу мэлажьэ Налшыкдэс бзылъхугъэхэм я къалэ зэгухьэныгъэр. ЦIыху щыпкъэ Дыджэш Лидэ зи пашэ а IуэхущIапIэр и къудамэщ республикэм куэд лъандэрэ щылажьэ апхуэдэ щIыналъэпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм. Бзылъхугъэхэм я къалэ зэгухьэныгъэм и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ унагъуэм, жьэгу пащхьэм я хъумакIуэу щыт цIыхубзым хуэфэщэн гулъытэ жылагъуэм щигъуэтыныр, бзылъхугъэхэм я узыншагъэр егъэфIэкIуэныр, унагъуэм и пщIэр къэIэтыныр, нэгъуэщIхэри. А унэтIыныгъэхэм ехьэлIауэ Iуэхугъуэ щхьэпэ куэд зэфIегъэкI Налшыкдэс бзылъхугъэхэм я къалэ зэгухьэныгъэм. Абыхэм ящыщщ цIыхубзым ехьэлIауэ махуэгъэпсым къыщыгъэлъэгъуа махуэшхуэхэр гъэлъэпIэныр, ар бзылъхугъэхэм, сабийр хъумэным, е унагъуэм епхауэ щрырет. Къалэм и IуэхущIапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щIэх-щIэхыурэ къыщызэрагъэпэщ зэIущIэ щхьэпэхэр, пшыхь гъэщIэгъуэнхэр, семинар купщIафIэхэр, зэпеуэ хьэлэмэтхэр, мазэ лэжьыгъэхэр. Абыхэм жыджэру хэтщ къалэдэс ныбжьыщIэхэри, жылагъуэм пщIэ щызиIэ нэхъыжьыфIхэри, унэгуащэхэри къулыкъущIэхэри. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, «Унагъуэр узыншэмэ, къэралыр лъэщщ», «Ди лъэпкъ хабзэхэм ущыгъуазэ?», «ГъащIэм и дыгъэ», «Си узыншагъэр си IэмыщIэ илъыжщ», нэгъуэщIхэри. Къэбгъэлъагъуэмэ, дэ ди унагъуэр 2017 гъэм хэтащ зэгухьэныгъэм къызэригъэпэщ хабзэ «Илъэсым и унагъуэ» зэпеуэм икIи абы и унэтIыныгъэхэм ящыщ зым пашэ дыщыхъуащ. Гукъинэж къытщыхъуащ абы щыгъуэ къызэрагъэпэщауэ щыта пшыхь гуапэр. Къытхуагъэфэща тыгъэ дахэмрэ щIыхь тхылъымрэ ноби щызыдохьэ ди унагъуэм, гукъыдэж къыдэзэтауэ щыта зэхыхьэмрэ тхуаIэта Iэгуауэшхуэмрэ дигу къагъэкIыжу. Апхуэдэу хъарзынэу мэлажьэ «Бзылъхугъэм и узыншагъэр лъэпкъ узыншэм и лъабжьэщ» проектыр. Абы къыщыгъэлъэгъуа Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ и узыншагъэр зыхуэдэм бзылъхугъэр езыр хуэнабдзэгубдзаплъэ щIыныр, социальнэ, медицинэ, нэгъуэщI IэнатIэхэми мыхьэнэшхуэ зиIэ а Iуэхугъуэм гулъытэ хэха хуегъэщIыныр. - Бзылъхугъэхэм я къалэ зэгухьэныгъэм и Президиумым и зэхуэсхэм дыщыхоплъэ налшыкдэс унагъуэхэм ящыщу бын куэд зыпIхэм, сабий сымаджэ зэрысхэм я Iуэхухэм. Абыхэм сэбэп дахуохъу тлъэкI псомкIи: ерыскъыхэкIхэмкIэ, щыгъынхэмкIэ дадоIэпыкъу, илъэсыщIэ, махуэшхуэ тыгъэхэр яхудощI, мылъкукIэ защIыдогъакъуэ, - жеIэ Дыджэш Лидэ. - Ди жылагъуэ зэгухьэныгъэм и лэжьыгъэм жыджэру хэтщ Налшык и IэнатIэ зыбжанэм я лIыкIуэхэр. Ди лэжьыгъэмкIэ щIэгъэкъуэн къытхуэхъухэм ящыщщ къалэм и унафэщIхэр, МЧС-м и къудамэу КъБР-м щыIэр, «Горзеленхоз»-р, къалэм и медицинэ IуэхущIапIэхэр, еджапIэ нэхъыщхьэхэр. Налшык и бзылъхугъэхэм я зэгухьэныгъэм щызэфIах Iуэхугъуэ псори зыхуэунэтIар бзылъхугъэм, къытщIэхъуэ щIэблэм, унагъуэм узыншагъэрэ зэIузэпэщыныгъэрэ яIэнырщ, гъащIэ мытыншым лъэ быдэкIэ хэтыфынырщ. Апхуэдиз лэжьыгъэ зэфIэзыгъэкI зэгухьэныгъэм и пашэми къалэдэс бзылъхугъэ псоми дохъуэхъу къалащхьэм и махуэмкIэ. Анэхэм, шыпхъухэм, пхъухэм, щхьэгъусэхэм – бзылъхугъэ псоми унагъуэ насып яIэу, бын гузэвэгъуэ ямылъагъуу, абыхэм я гулъытэрэ псалъэ хуабэрэ щымыщIэу куэдрэ псэуну, Налшык и махуэр угъурлы яхуэхъуну. ЖЫЛАСЭ Маритэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2364.txt" }
Псоми уасэ яIэщ Гъэ еджэгъуэщIэм щIидзэжыным къэнэжа дэтхэнэ зы махуэри къагъэсэбэп зи сабийр школым хуэзыгъэхьэзыр анэ-адэхэм. Урысейм и «Росстат» IуэхущIапIэм иригъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, школакIуэр зыхуеину фащэмрэ еджэныгъэм къыхуигъэсэбэп хьэпшыпхэмрэ я уасэр цIыхур пэмылъэщын хуэдизу дэкIуеякъым. Мыбдежым зэран хъунукъым бжьыгъэхэм я зэлъытыныгъэр: нэгъабэ школым хуагъэхьэзыр зы сабийр сом мин 18 -20-м къихуапэу щытамэ, мы гъэм ар сом мин 25-м фIеш. Ауэ ар къащIигъэпсынщIащ Урысейм и Президент Путин Владимир и унафэкIэ шыщхьэуIум и 2-м щыщIэдзауэ илъэси 6-18 ныбжьым ит бын зиIэ анэ-адэхэм зэ етыгъуэу къыхуаутIыпща сом мини 10-м. Гъэ еджэгъуэм ирихьэлIэу ар къеIызыхыну хунэмысахэм, щэкIуэгъуэ мазэм нэсыху пIалъэр хуагъэIэпхъуащ. КъищынэмыщIауэ, ди республикэм и щIыналъэ щхьэхуэхэм бынунагъуэшхуэхэмрэ хуэмыщIауэ псэу унагъуэхэмрэ къахэкIа сабийхэм щхьэхуэу щадэIэпыкъуащ. Абыхэм ящыщщ Прохладнэ щIыналъэр. Район администрацэм апхуэдэхэм къахуищэхуащ школакIуэр зыхуеину хьэпшыпхэр, зэреджэну тхылъхэр, тетрадхэр, пособие зэмылIэужьыгъуэхэр, спорт щыгъынхэр. Зи сабийр школым хуэзыгъэхьэзырхэм я Iуэхур куэдкIэ къащигъэпсынщIащ школ фащэхэр щащэу ди республикэм ит сату щIапIэхэм я бжыгъэм нэрылъагъуу къазэрыхэхъуам. Абыхэм гъэм и зэманхэм тещIыхьауэ сыт хуэдэ щыгъынри къыщыбгъуэтынущ. - Школ фащэхэм ябгъэдэлъ фIагъым дагъуэ гуэрхэр щыхуэпщIын къэхъуми дэтхэнэ зы щэхуакIуэри арэзы зэрытщIыным дыхэтщ. Япэм школ фащэхэм синтетикэм къыхэщIыкIа куэд яхэту щытамэ, иджыпсту ар къыщIэзыгъэкIхэр хуосакъ апхуэдэ щэкIхэр къамыгъэсэбэпыным. Псалъэм папщIэ, уэру къытIэрыхьэ хъуащ Къыргъызым щада сабий щыгъынхэмрэ фащэхэмрэ. Ахэр къызыхэщIыкIар бжьэхуц, цы, щIэп къабзэщ, - къыджаIащ сату щIапIэ зыбжанэм я лэжьакIуэхэм. Совет лъэхъэнэмкIэ дызэIэбэкIыжмэ, школ фащэхэр къызыхащIыкIыу щытар кашемир щэкI хэплъыхьарт. Гум къемыуэу къанэркъым, щхьэтечауэ япэм щыIа фащэхэр ягъэIейуэ къызэрекIуэкIар. ЦIыхухэм ар къащыгурыIуэжар синтетикэ Iуданэ IэрыщIхэм утыкур яубыда нэужьщ. Урысейм и Президентым и къэпсэлъэныгъэхэм ящыщ зым мы Iуэхум теухуауэ иджыблагъэ щыжиIащ и къабзагъэрэ и фIагъкIэ зыхуэбгъэдэн щымыIэ кашемир цымрэ щэкIымрэ Монголием дяпэкIэ къыщащэхуну зэгурыIуэныгъэ зэрыращIылIэр. КъыдэкIуэтей щIэблэм я узыншагъэ къудеймкIэ ар уасэ зимыIэщ. Урысейм и «Росстат» - м наIуэ къызэрищIамкIэ, фащэм ику иту иджыпсту щIат уасэр щIыпIэ щхьэхуэхэм зэрыщызэщхьэщыкIышхуэ щыIэкъым, интернет е сату щIапIэ къызэрыгуэкI ирехъуи: хъыджэбз цIыкIухэм я фащэр – сом мини 2,5-м щегъэжьауэ мини 4,5 - м, щIалэ цIыкIухэм ейр – мини 2 – 3,5 -рэ, вакъэр сом мини 3-5, спортивнэ фащэр мини 5-6, канцтовархэр сом 400- 650-рэ. АрщхьэкIэ иджыпсту щыщIэдзауэ къызэпхагъэIукI: еджэныгъэм къыхуагъэсэбэп хьэпшыпхэм я уасэм куэд мыщIэу аргуэру процент 30-кIэ зэрыхагъэхъуэнур, полимер пкъыгъуэхэмрэ тхылъымпIэмрэ щIатыр зэрыдэкIуеям къыхэкIыу. Сабийр школым хуэбгъэхьэзырыныр, дауэ мыхъуми, тыншкъым, ауэ иужьрей илъэситIым КОВИД уз зэрыцIалэм и зэранкIэ цIыхур зыIууа гугъуехьхэр къэплъытэмэ, мы гъэм гъэ еджэгъуэщIэм ирихьэлIэу къэралым къарита дэIэпыкъуэгъур куэд и уасэщ. Псом ящхьэр школ фащэ къудейм щыщIэдзауэ сабийхэр хуэщIа-хуэмыщIакIэ зэхэдза зэрымыхъуным егъэджакIуэхэри анэ-адэхэри кIэлъыплъынырщ. Лъостэн Музэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2365.txt" }
ЦIыхухэм я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщынырщ къалэн нэхъыщхьэр КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек IущIащ лэжьыгъэ ­Iуэ­хукIэ республикэм къэкIуа, Урысейм и МВД-м КИФЩI-м щиIэ Управленэ нэхъыщхьэм и унафэщI, полицэм и генерал-полковник Бачурин Сергей. ЗэIущIэм хэтащ къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ Павлов Василий. Хабзэр хъумэн IэнатIэм псори зэкъуэту щызэдэлэжьэным ехьэлIа зи чэзу Iуэхухэм тепсэ­лъы­хьащ зэIущIахэр. Управленэ нэхъыщхьэм и уна­фэщIым къыхигъэщащ фокIа­дэм екIуэкIыну хэхыныгъэхэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэм шэщIауэ зэрызыхуа­гъэ­хьэ­зырыр. ЩIыналъэм и полицэм и лэжьыгъэр трещIыхь а Iуэхум хэтыну орган, структурэ псоми пыщIэныгъэ быдэ яхуиIэу ядэ­лэжьэным, цIыхухэм КонституцэкIэ яIэ хуитыныгъэхэр къагъэсэбэпу шынагъуэншэу Iэ яIэ­тын папщIэ. ЗэIущIэм щыжаIащ респуб­ликэм щытыкIэр зэрыщы­зэ­пIэзэрытыр. ЩIыналъэм и Iэтащ­хьэм къыхигъэщхьэхукIащ республикэм и властым и ор­ганхэр хабзэхъумэ IэнатIэхэм быдэу зэрапыщIар, щIыналъэм хабзэм щытетыныр къыщызэгъэпэщыным хуэгъэпса прог­рам­мэхэр зэрагъэзащIэр, экстремизм хуэмэбжьымэхэм япэ­щIэ­тыным теухуа Iуэхухэр зэры­зэ­фIагъэкIыр. Бачурин Сергей республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ­къритащ «Урысей МВД-м и Уп­равленэ нэхъыщхьэу КИФЩI-м щыIэр илъэси 10 ирокъу» фэ-еплъ дамыгъэр. КIуэкIуэ Казбек Урысейм и МВД-м и Управленэ нэхъыщхьэм и унафэщI Бачурин Сергей фIыщIэ хуищIащ республикэм и хабзэхъумэ IэнатIэм гулъытэ хэха къызэрыхуищIым папщIэ икIи къыхигъэщащ къэблэгъа Iуэхухэм тэмэму зэрытелажьэм и нэщэнэ нэхъыщхьэу увын ­хуейр цIыхухэм я шынагъуэн­шагъэр къызэгъэпэща зэрыхъур зэрыарар. КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2366.txt" }
Гъуэгу ухуэнымкIэ зи Iуэху нэхъ зэпэщхэм хабжэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Урысей Федерацэм и Правительствэм щIы­налъэ зыужьыныгъэмкIэ и комиссэм и президиу­мым и зи чэзу зэIущIэу УФ-м и Правительствэм и Уна­фэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат шыщхьэуIум и ­26-м иригъэкIуэкIам. Президиумыр теухуауэ щытащ гъуэгухэр щIыным, зэгъэ­пэщыжыным, псэупIэ ухуэ­ным ятеухуа Iуэхухэм, «Шынагъуэншэ, фIагъ лъаги зиIэ гъуэгухэр», «ПсэупIэмрэ къалэхэмрэ» лъэпкъ проектхэм хыхьэу зэфIагъэкIын хуей къалэнхэм зэрехъулIэм. Хуснуллин Марат арэзы техъуэу къыхигъэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым а унэтIыныгъэхэмкIэ лэжьыгъэфI зэрыщ­ра­гъэкIуэкIыр икIи абы папщIэ фIыщIи къахуищIащ. «Шынагъуэншэ, фIагъ лъаги зиIэ гъуэгухэр» лъэпкъ проектхэм хыхьэ лэжьыгъэхэм я гугъу щищIым КIуэкIуэ Каз-бек жиIащ дызэрыт илъэсым республикэм гъуэгу объекти 116-м щелэжьыну зэраубзы­хуар, абыхэм ятеухуа зэгу­рыIуэныгъэ псори зэрызэращIылIар. Псори зэхэту а лэ­жьыгъэхэм хухахащ сом мелард 1,7-рэ. Абыхэм ящыщу сом мелард 1,3-р республикэ, щIыпIэ бюджетхэм я ­ мылъкущ. Объекти 102-м лэ­жьыгъэ­хэр щызэфIагъэкIащ. Мардэм изагъэу автомобиль гъуэгу километр 92-рэ ятащ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, ар зэфIагъэкIыну зытраухуам и процент 80 мэхъу. Лэжьыгъэхэм трагъэкIуэдэну кърата мылъкум и процент 85-р къагъэсэ­бэпащ, ар сом мелард 1,5-рэ мэхъу. Iэтащхьэм къыхигъэщащ лэжьыгъэ псори фокIадэ мазэм къриубыдэу зэраухынур. КIуэкIуэ Казбек Урысейм и вице-премьерми УФ-м и Правительствэми фIыщIэ яхуи­щIащ щIыналъэм къыхуащI гулъытэм, зэрызыкъыщIа­гъакъуэм папщIэ. УФ-м и Правительствэм и ГъэтIылъыгъэ фондым щыщу мэкъуауэ­гъуэм и кIэм республикэм ­сом мелуан 200 къызэрыхущIа­гъуам Iэмал къитынущ иджыри гъуэгу километр 16 зэрагъэпэщыжынымкIэ. Ап­хуэ­дэуи, лъэпкъ проектыр гъэ­зэщIэным республикэ бюджетым щыщу сом мелуан 285-м щIигъу хухахащ. «Къэбэрдей-Балъкъэрым гъуэ­гухэр щыухуэным 2021 гъэм инвестицэу куэд ­ды­дэ къыхалъхьащ. Гъуэгу километри 160-рэ мардэм изагъэу зыхуей хуэдгъэзэну ди мурадщ. Республикэр хуэ­хьэ­зырщ гъуэгухэр ухуэнымкIэ къалэн нэхъ иныжхэри гъэ­зэ­щIэ­ным», - жиIащ КIуэкIуэ Каз­бек. Джатокъуэ Къан.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2367.txt" }
Нобэ ♦Боксым и дунейпсо махуэщ ♦Урысей кином и махуэщ. 1919 гъэм совет Урысейм и Правительствэм унафэ къыдигъэкIащ къэралым кином пыщIауэ щыIэ IуэхущIапIэ псори цIыхубэм ейуэ къэлъытэным теухуауэ. ♦Молдовэ Республикэм и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ. 1991 гъэм къащтащ ар къэрал щхьэхуэ зэрыхъуам теухуа Декларацэр. ♦1760 гъэм Урысейм и пащтыхь гуащэ Елизаветэ къэрал къулыкъущIэхэм Iулъхьэ къыIахыныр яхуэзымыдэ унафэ къыдигъэкIащ. ♦1908 гъэм Бельгием къыщызэрагъэпэщащ «Андерлехт» футбол клубыр. ♦1911 гъэм Урысейм къыщызэрагъэпэщащ «ЦСКА» футбол клубыр. ♦1922 гъэм Москва къыщыдэкIащ «Крокодил» журналым и япэ номерыр. ♦1940 гъэм къапщытащ щхъуэкIэплъыкIэу къэзыгъэлъагъуэ телевизорым и зэфIэкIыр, абы цIыхухэр еплъыфу Iуэхур зэтеухуэнымкIэ щыIэ хэкIыпIэхэр зэпалъытащ. ♦1946 гъэм Прагэ къыщызэрагъэпэщащ Студентхэм я дунейпсо зэгухьэныгъэр. ♦1955 гъэм Инджылызым дунейм къыщытехьащ рекордхэр зратхэ япэ тхылъыр, Гиннесс и тхылъкIэ зэджэр. ♦1959 гъэм СССР-м къыщыдэкIащ курыт школхэр фIы дыдэу къэзыухахэр медалхэмкIэ гъэпэжэным теухуа унафэ. ♦1966 гъэм дуней хъурейр къызэхикIухьын мурад иIэу, «Джипси Мот IV» и кхъухьым и закъуэу ису тенджызым техьащ Инджылызым щыщ зыплъыхьакIуэ Чистер Френсис. 1967 гъэм накъыгъэм и кIэм, мазибгъукIэ гъуэгу тетауэ, и хъуэпсапIэри зригъэхъулIауэ ар къесылIэжауэ щытащ Плимут къалэм и кхъухь тедзапIэм. ♦2000 гъэм Москва и Останкинэ телечэщанэм мафIэсышхуэ къыщыхъуащ. Зы жэщ-махуэкIэ яхуэгъэункIыфIыфауэ аращ унэм хэщIыныгъэшхуэ езыта мафIэр. Чэщанэр зэгъэпэщыжын щаухар 2004 гъэм и кIэухырщ. ♦2005 гъэм Къэзан къалэм метро къыщызэIуахащ. Ар ирагъэхьэлIат Тэтэрстаным и щыхьэрыр илъэс мин щрикъу махуэшхуэр гъэлъэпIэным. ♦1871 гъэм къалъхуащ США-м щыщ тхакIуэшхуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ Драйзер Теодор. ♦1896 гъэм къалъхуащ совет актрисэ, СССР-м и цIыхубэ артисткэ Раневская Фаинэ. ♦1903 гъэм къалъхуащ совет режиссёр, театр лэжьакIуэ, СССР-м и цIыхубэ артисткэ Сац Наталье. ♦1908 гъэм къалъхуащ США-м и 36-нэ президент Джонсон Линдон. ♦1929 гъэм къалъхуащ лыжэкIэ къызэдэжэн спорт лIэужьыгъуэмкIэ цIэрыIуэ хъуа, тхуэнейрэ дунейпсо чемпионатым щытекIуа, 1956 гъэм Италием щекIуэкIа Олимпиадэм дыщэ медалыр къыщызыхьа Барановэ (Козыревэ) Любовь. ♦1930 гъэм къалъхуащ совет актёр, режиссёр, СССР-м и цIыхубэ артист Андреев Владимир. ♦1933 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, КъБКъУ-м и доценту щыта Бозий Людин. ♦1940 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, УФ-мрэ КъШР-мрэ щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, АР-м щIыхь зиIэ и журналист Къантемыр Тыркубий. ♦1941 гъэм къалъхуащ урысей, украин актёр, СССР-мрэ Украинэмрэ я цIыхубэ артист Ступкэ Богдан. ♦1958 гъэм къалъхуащ урысей космонавт, СССР-ми УФ-ми я ЛIыхъужь Крикалёв Сергей. ♦1958 гъэм къалъхуащ жылагъуэ лэжьакIуэ, Абхъазым и ЛIыхъужь Килбэ Мухьэмэд. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 30 - 31-рэ, жэщым градус 18 - 20 щыхъунущ. Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2368.txt" }
Хуабэщ инхэр щащIынущ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ Шэджэм щIыналъэм щыIащ. ХадэхэкI щагъэкIыну ­хуабэщхэр щащIыну щIыпIэм деж дыгъуасэ къулыкъущIэхэм щагъэтIылъащ япэ мывэр. Зи гугъу тщIы Iуэхур инвестицэ проект инщ, сом мелард 18,4-рэ и уасэу. Ар хьэзыр хъумэ, цIыху мини 2-м лэжьыгъэ IэнатIэ ягъуэтынущ, республикэ бюджетым мылъку ­хъарзынэ налогкIэ къыхилъхьэнущ. Мэкъумэш IэнатIэщIэм и япэ ухуэныгъэхэм щIы гектар 37,6-рэ иубыдынущ, абы илъэс хъурейкIэ къагъэсэбэпыну хуабэщхэр тращIыхьынущ, цIыху 648-рэ щылэжьэнущ. А япэ Iыхьэм сом меларди 7,6-рэ текIуэдэнущ. ЕтIуанэ Iыхьэу ящIыну хуабэщхэм щIы гектар 62,4-рэ хухах, ар 2024 гъэм и кIэхэм хьэзыр хъунурэ, лажьэу ирагъэжьэнущ. Мы проектым зи мылъку къыхэзылъхьар «Экокультура» мэкъумэш комплексырщ. Абы и генеральнэ директор Рудаков Александр дыгъуасэ республикэ унафэщIхэм я пащхьэ кърихьащ Урысейм щынэхъ ин дыдэ проектыр. Ди лъахэм лэжьэн щыщIэзыдза холдингым къалэн нэхъыщхьэу зыхуигъэувыжыр мэкъумэш ерыскъыхэкIхэр экологие и лъэныкъуэкIэ къабзэу, химие пкъыгъуэхэр ирамыхьэлIэу гъэкIынырщ. Хуабэщхэм нэхъыбэу щIасэнур бэдрэжанхэмрэ мэ­ракIуэхэкIхэмрэщ. Ахэр илъэс хъурейкIэ ягъэкIынущ, Урысейм и щIыпIэ куэдым яшэу зэтраублэнущ, хамэ къэрал­-хэм иращэнущ. IэщIагъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, хадэ- ­хэ­кI­хэр фIыуэ гъэкIынымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым Iэмал псори щыщыIэщ. Зи гугъу тщIы проектым КъБР-м и Правительствэр арэ-зы техъуэри, ирагъэжьащ. Нобэ КъБР-м Мэкъумэш Iэ­натIэмкIэ и министерствэмрэ инвесторымрэ зэгурыIуэныгъэ зэращIылIащ, ар ди республикэм зэрыщагъэзэщIэ- нум теухуауэ. Иджы щыщIэдзауэ ухуэныгъэ лэжьыгъэхэр йокIуэкI, хуабэщхэр зытращIыхьыну щIыр зэрагъэзахуэ. КIуэкIуэ Казбек зэрыжиIамкIэ, инвесторхэм я лэжьыгъэр зэрыщагъэпсынщIэн IэмалхэмкIэ ядэIэпыкъунущ. «Къэбэрдей-Балъкъэрым и экономикэм дежкIэ инвес­тицэхэм мыхьэнэшхуэ яIэщ. Ар Урысейм и Президентми япэ иригъэщхэм ящыщщ. Мы проект инри щIыналъэм и экономикэм зиужьынымкIэ сэбэпышхуэ зэрыхъунум шэч хэлъкъым. ДызэдэIэпыкъумэ, фейдэ нэхъыбэ къызы­пэ­кIуэн проект нэхъ инхэр зэдэтщIыфынущ», - жиIащ КIуэкIуэ Казбек. НэщIэпыджэ Замирэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2369.txt" }
Гъэсыныпхъэр лъапIэ щIэхъуар сыт? КъБР-м Инфраструктурэмрэ бжыгъэхэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм дыгъуасэ щытепсэлъыхьащ республикэм гъэсыныпхъэм и уасэм щIыщыхагъэхъуам. ЗэIущIэр къыщызэIуихым, КъБР-м Инфраструктурэмрэ бжыгъэхэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэмкIэ и ­министр Бэлэтокъуэ Владимир къыхигъэщащ зи мычэзу зэIущIэр КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэм и унафэкIэ къызэрызэрагъэпэщар, сыту жыпIэмэ иужьрей махуэхэм республикэм щыпсэухэр егъэтхьэусыхэ газ гъэсыныпхъэм и уасэр зэрыдрагъэ­кIуеямрэ абы и зэранкIэ цIыхухэр къызэрырашэкI транспортми и пщIэм зэрыхагъэхъуамрэ. - КъБР-м ЭнергетикэмкIэ, тарифхэмрэ псэупIэ кIэ­лъыплъыныгъэмкIэ и министерствэм иригъэкIуэкIа къэп­щытэныгъэм къызэригъэлъэгъуамкIэ, республикэм гъэсыныпхъэм и уасэмкIэ щытыкIэр щынэхъыкIэ дыдэу къэплъытэ хъунущ Кавказ Ищхъэрэм и адрей щIыналъэхэм елъытауэ, - жиIащ Бэлэтокъуэм. - Псалъэм папщIэ, метаным и зы кубометрым и уасэр мазаем и 5-м ирихьэлIэу хэхъуащ сом 16,90-м нэскIэ. Абы щыгъуэм Ставрополь, Дагъыстэн щIыналъэхэм къыщекIуэкI уасэр сом 15-щ, Осетие Ищхъэрэ - Аланиемрэ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ - сом 15,50-рэ, Шэшэн Республикэр къапщтэмэ, сом 14 щыхъуу аращ. Апхуэдэу къы­щIэхъуам и щхьэусыгъуэмкIэ иджыпсту тегъэчыны­хьауэ зыри тхуэгъэкъуэншэнукъым, къызэдгъэпэща лэжьа­кIуэ гупым Iуэхур зэхимыгъэкIауэ. Ди къалэн нэхъыщхьэр хабзэм къемызэгъыу уасэхэр хагъэхъуамэ, ар зэрызэдгъэзэхуэжынырщ. Урысейм и федеральнэ антимонопольнэ IэнатIэм и ­управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и унафэщIым и къуэдзэ Къумахуэ Аннэ жиIащ 2018 гъэм и мэкъуауэгъуэм гъэсыныпхъэхэм я уасэм кIэ­лъыплъынымкIэ республикэм къыщызэрагъэпэща лэжьакIуэ гупым зэриубзыхуам тету, КъБР-м Энерге­тикэмкIэ, тарифхэмрэ псэупIэ кIэлъыплъыныгъэмкIэ и министерствэм, КъБР-м и Прокуратурэр, хабзэхъумэ ­IэнатIэхэр и гъусэу къэпщытэныгъэхэр зэрыригъэ­кIуэкIыр. Къумахуэм къыхигъэщащ республикэм бензин зы­щэ IэнатIэхэр къызэрапщытар икIи абыхэм ящыщу зы Iуэ­хущIапIэм ехьэлIауэ, и лэжьыгъэм ныкъусаныгъэ хэлъу къы­зэригъэлъэгъуам къыхэкIыу, уголовнэ Iуэху къы­зэраIэтар. КъБР-м ЭнергетикэмкIэ, тарифхэмрэ псэупIэ кIэлъыплъыныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ Уэрэзей Альберт жиIащ пропаным и уасэм зэман-зэманкIэрэ ­зэхъуэкIыныгъэхэр иIэ зэрихабзэр. Псалъэм папщIэ 2018 гъэм и фокIадэм къыщыщIэдзауэ абы и зы кубометрыр соми 3 - 3,5-кIэ зэрыхэхъуар. «Республикэм газометаныр станци 6 хуэдизым щащэ икIи абыхэм я уасэр щызэхуэдэкъым - сом 15,50-м къыщыщIэдзауэ сом 16,90-м нэсу щытщ», - къыхигъэщащ къэпсэлъам. Бэлэтокъуэр щIэупщIащ республикэм сыт хуэдизым метаныр къыщагъэсэбэпми. Уэрэзейм жиIащ тхауэ щыIэхэм тепщIыхьмэ, газомотор гъэсыныпхъэр къэ­зыгъэсэбэпхэр мин 26-рэ 500-рэ зэрыхъур, ар респуб­ликэм ит машинэхэм я проценти 10-рщ (мин 200-м щIигъум тещIыхьауэ). «Газпром газомотор гъэсыныпхъэ» ООО-м и Ипщэ къу­дамэм и участкэм и унафэщIым и къуэдзэ Погуляев Евгений гъэсыныпхъэхэм щIыхэхъуэм и щхьэусы­гъуэхэм ящыщу къигъэлъэгъуащ энергоресурсхэм текIуадэм, псалъэм папщIэ, щIыуэпс газым, электрокъарум я ­уасэм зэрыхэхъуэмрэ уасэ дыщIагъуам щхьэщатыкI ­налогыр (НДС-р) къызэраIэтамрэ. Бэлэтокъуэм жиIащ икIэщIыпIэкIэ щытыкIэр зэхагъэ­кIын, газ гъэсыныпхъэм и уасэр гъэтэмэмыжын зэры­хуейр. «Къэбэрдей-Балъкъэрым гъэсыныпхъэмкIэ ­къыщекIуэкI уасэр адрей щIыналъэхэм нэхърэ щы­нэхъыбэу щытын хуейкъым. Апхуэдэущ Iуэхум дызэ­рыбгъэдыхьэпхъэр», - къыхигъэщащ министрым. ИужькIэ къэпсэлъащ КъБР-м энергетикэмкIэ, ­тарифхэмрэ псэупIэ кIэлъыплъыныгъэмкIэ и министр Безниковэ Иринэ, Прохладнэ къалэ округым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм и япэ къуэдзэ Кочергин Дмитрий. ЗэIущIэм и кIэухым жаIащ зэман гъунэгъум республикэм метанрэ пропанрэ щащэ и станцхэр къэпщытэным иужь зэрихьэнур. БАГЪЭТЫР Луизэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "237.txt" }
Гулджан къызыхэкIар зэи щыгъупщэркъым Тырку Республикэм щыцIэрыIуэ уэрэ­джы­IакIуэ Алтан (Бэгъущэ) Гулджан (Gulcan) и цIэр зэхэзымыха зы адыги щыIэу къыщIэкIын-къым. Иджыпсту псоми тIэщIэлъ гаджетхэр сэбэп мэхъу ди лъэпкъэгъухэм хамэ къэралхэм щаIэ псэукIэмрэ ехъулIэныгъэхэмрэ къэт­щIэнымкIэ. Гулджан Инстаграмым щиIэ напэкIуэцIым иджыблагъэ кърилъхьа видео теп­лъэгъуэм иджыри зэ ди гур хигъэхъуащ. Адыгэ фащэкIэ зэщыхуэпыкIа ныбжьыщIэ цIы­кIухэр щIыгъуу адыгэ уэрэдхэр концертым щыжиIащ. Тыркум къыщалъхуами, и анэдэлъхубзэр имы­щIэу къэхъуами, Гулджан зэрыадыгэр зэи щыгъупщакъым. Пщащэм адыгэгу зэриIэр, и хэкум къэкIуэну и нэ къызэрикIыр, адыгэбзэр хуэмурэ зэрызригъащIэр къытхуиIуэтащ Истамбыл дыкIуауэ дыщыхуэзам. Хамэ щIыпIэр унапIэ зыхуэхъуа шапсыгъ уна­гъуэм къихъуа хъыджэбз цIыкIум зэфIэкI ямы-лей къызыкъуихыу, къэзыухъуреихь псоми я псэр гуащэнапщIэм - розэм (Гулджаным аращ къикIыр) хуэдэу зыдэгъагъэ уэрэджыIакIуэ хъуну хэт и гугъэнт?! Адэ-анэм щIэх дыдэу гу лъатащ Гулджан бгъэдэлъ зэчийм икIи хъыджэбз цIыкIур дэзыхьэх Iуэхур хуагъэдахэри, а лъагъуэм трашащ. - Сэ зэрысщIэжрэ уэрэд жызоIэ, - къыддэгуэшащ Гулджан. - Ар къыщежьар ди уна­гъуэращ. ИтIанэ школым сыкIуа нэужь, абы гуп щхьэхуэ къыщызэрагъэпэщри, сэри сыхагъэхьащ, ауэ­рэ си закъуэу утыку сыкъихьэу щIэздзащ. Мис а илъэсхэр къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ балигъ­ ­сыхъуа нэужь къыхэсха IэщIагъэм, нобэ сызыпэрыт Iуэхум. Школ нэужьым университетым макъамэм сыщыхуеджащ икIи си студен­тыгъуэ илъэсхэм япэ ахъшэр къэзлэжьу хуе-жьащ. СхузэфIэкI мащIэмкIэ арэзы сыхъуныр си хьэлтэкъыми, щIэныгъэ зэзгъэгъуэта нэужь, Истамбыл къэрал консерваториер къэзухащ. Ауэрэ щIэныгъэ лэжьыгъэми сыдихьэхауэ, абыи иужь ситщ. КъедаIуэ псори зи теплъэ гуакIуэмкIэ, зи макъ жьгъырумкIэ къыдэзыхьэхыф Гулджан къы­хиха IэщIагъэм и щэху псори зригъэщIэныр, уэрэд жыIэным и къежьапIэри, абы зэрызиужьари, иджырей Iэмалхэри куууэ иджыным пылъщ. Ар къыщацIыхур Тыркум и закъуэкъым, атIэ Швейцарием, Алыджым, Испанием, нэгъуэщI къэралхэми концерт щитащ, Iэгуауэшхуи щыхуаIэтащ. Пщащэр къэрал зэхуэмыдэхэм щIрагъэблагъэм и щхьэусыгъуэр бзэ 12-13-кIэ уэрэд зэрыжиIэр, макъамэм и унэтIыныгъэщIэу къежьэхэр псынщIэ дыдэу къызэригъэIурыщIэр, махуэ къэс зызыхъуэж зэманым зыдригъэкIуфу утыку зэритыр арагъэнщ. Уэрэдхэр зэригъэзащIэ бзэхэр къызэрыхихым теухуауэ дыщеупщIым пщащэм къыджиIар гъэщIэгъуэнщ, «вагъуэ» псори зэмыгупсыс Iуэхугъуэщ. - Сэ къыхэсхыр уэрэдхэракъым, атIэ бзэращ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, уэрэдым и дахагъракъым сыдэзыхьэхыр, атIэ бзэр зэрыт щытыкIэрщ. Лъэпкъ цIыкIухэм яIурылъ е кIуэдыжу къалъытэ бзэхэмкIэ уэрэд жысIэныр, ар дуней псом щы­зэбгрезгъэхыныр нэхъ сфIэкъабылщ, - жеIэ Гулджан. - Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, дахагъэр бгъэбагъуэ къудей мыхъуу, сэбэпынагъ зыпылъ лэ­жьыгъи богъэзащIэ. Лъэпкъ гуэрым и бзэр мы­кIуэдыжыным апхуэдэ хэлъхьэныгъэ мащIэ хуэсщIмэ, зэрысхузэфIэкIкIэ къэзгъэщIэращIэ­мэ, ари зыгуэрым пэувынщ, нэгъуэщIхэри си ужь къиувэнкIи хъунщ. ГъащIэм куууэ кIуэцIрыплъыф, гупсысэ куп­щIафIэ куэд зи акъылым щызэблэкI пщащэр хамэщI къыщалъхуами, и анэдэлъхубзэм и IэфIагъыр и кIэм нэсу зыхищIэну Iэмал имыIами, хъыджэбзым адыгэбзэр и псэм хэлъщ. Псом япэ иригъэщри и адыгэ уэрэдхэращ. Абы дискхэр къыдигъэкIащ, адыгэбзэкIэ, абазэбзэкIэ, аб­хъазыбзэкIэ уэрэдхэр тету. «Адыгэ хэку», «Iэдииху», «Азэмэт», «Си нанэ», «Гум и уэрэд», «Си псэ - си адыгэ», нэгъуэщIхэри зытет а дискыр щы­зэIэпахыр Тыркум и закъуэкъым, атIэ адыгэ щыпсэу дэнэ къэрали нэсащ, дэтхэнэми и псэм зыдигъэпсэхуу йодаIуэ. Къыхэгъэщыпхъэщ Гулджан тыркубзэкIэ къыдигъэкI дискхэми адыгэ уэрэдхэр зэрыхигъэхьэр, концерт дэнэ щитми и анэдэлъхубзэр зэрыщигъэIур. - Си анэдэлъхубзэмрэ си адыгагъэмрэ пэс­щIын теткъым дуней псом, - къыддогуашэ Гул­джан. - Тыркум сыщыпсэуми, си псэр здэ­щыIэр Хэкужьращ. Абы хузиIэ пыщIэныгъэр згъ­э­быдэну сызэрыхуейр къызэрызгъэлъа­гъуэр, хамэщI сызэрыщалъхуамрэ адэжь лъа­хэм сызэрыпэIэщIэмрэ къызат гухэщIыр зэры­зыщхьэщызгъэкIыр си адыгэ уэрэдхэращ. Сыкъыщалъхуа къуажэми, Тыркум щыIэ нэгъуэщI адыгэ жылэхэми щызэхуэсхьэсыжащ уэрэдхэр, абы хэтщ хэкум щаусахэри, хэхэс гъащIэр зи ­натIэ хъуахэм ятхахэри, си Iэдакъэ къыщIэкIахэри. Я бжыгъэкIэ къапщтэмэ, уэрэд 40 хуэдиз мэхъу. ЗэкIэ си насып къихьар Мейкъуапэрэ Абхъа­зымрэ сыщыхьэщIэнырщ, иджы Налшык сыкIуэну, абы концерт щыстыну си хъуэпсапIэщ, - къыпещэ Гулджан. - Фи фIэщ хъункъым, ауэ «адыгэ» жаIэмэ, си гур къокIэзызыкI. Сызэрыадыгэр гурэ псэкIэ зыхызощIэ. Си гум илъ дахагъэ псори къызыхэсхыр адыгагъэращ. Жыгым лъабжьэ зэриIэм хуэдэу, сэри щIыбагъ сызэриIэм, Адыгэ Хэку зэрыщыIэм къару нэрымылъагъу къысхелъ­хьэ. Апхуэдэ псалъэхэр фэрыщIагъым къыхэкIыу зэрыщымытыр иболъагъуэ пщащэм и нэгум, ар гумрэ псэмрэ къабгъэдэкIыу зэрыпсалъэр щIы­болъагъуэ нэпс мащIэ къызыщIэува нэхэм. Ауэ адэжь лъахэм хуиIэ апхуэдэ пыщIэныгъэм, езым зэрыжиIауэ, къару къыхелъхьэри, дяпэкIэ и мурадхэм топсэлъыхь. Гулджан Тыркум щыIэ адыгэ къуажэхэм уэрэдыжьхэр щызэхуехьэсыж, апхуэдэуи сабий уэрэдхэр зытет диск щхьэхуэ къыдигъэкIыну егъэхьэзыр. «Сыт хуэдэбзэ­кIэ диск къыдэзгъэкIми, зы адыгэ уэрэд ­нэхъ мыхъуми сытым дежи хэтынущ», - къыпещэ уэрэджыIакIуэм. ЗэрыжысIащи, лъэпкъ мащIэхэм я анэдэлъ­хубзэр хъума хъуным зи гуащIэ хэзылъхьэ пщащэм абы теухуа и гупсысэм зрегъэубгъу: - Ди адыгэбзэр кIуэдыжынкIэ шынагъуэ щыIэу жаIэ, ауэ ар си фIэщ хъуркъым. Сыт щхьэкIэ жы­пIэмэ, лъэпкъым и лъабжьэр къыщежьэ хэкум пэIэщIэу, къэрал зэхуэмыдэхэм икъухьа щы­хъуа адыгэхэм илъэси 150-кIэ яхъума, нобэр къыздэсым яIурылъ бзэм кIэух иIэнкIэ хъуну нэгум къыс­хущIэгъэхьэркъым. Сыт хуэдэ унэ­тIыныгъэми зегъэужьынымкIэ Iэмал куэд щыIэщ ди лъэхъэнэм, дэри, щIыпIэ куэдым ис адыгэхэр, дызэрыщIэ, дызэкIэлъыкIуэ хъуащ, хэкум нэкIуэжхэм, хьэщIапIэ накIуэхэм я бжыгъэм ­хэхъуащ. АтIэ иджыри къэс тхъума хъугъуэфIыгъуэр дяпэкIэ щхьэ дгъэкIуэдыжын хуей? Сэ сыпсэуху си къару хэслъхьэнущ ди анэдэлъхубзэр хъумэным, зегъэужьыным. Ар инджылызыбзэм, франджыбзэм бгъурыту дуней псом къыщацIыхуну сыхуейщ. УэрэджыIакIуэ цIэрыIуэр Тыркум щыщми, гурэ псэкIэ адыгэ лъэпкъым зэрейм, нэхъыбэу жиIэр тырку уэрэдми, адыгэбзэкIэ зэрыгупсысэм ди гур хигъэхъуащ. А гурыфIыгъуэр тIуащIэ мэхъу «тырку» уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэм Инстаграмым адыгэбзэкIэ уэрэд жиIэу къыщрилъхьэм и деж. Тхыгъэри сурэтхэри зейр НэщIэпыджэ Замирэщ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2370.txt" }
Адэжь хэкуми Бибарс щоджэгу Израилым и адыгэ къуа­жэ Кфар-Камэ щыщ футболист цIэрыIуэ Натхъуэ Бибарс шыщхьэуIум и 5-м и адэжь щIыналъэм - Сочэ къалэм - щыджэгуащ. «Фыщт» стадионым щызэIущIащ Краснодар крайм и «Сочи» футбол командэмрэ Сербием и «Партизан» гупымрэ. Ди лъэп-къэгъу футболист цIэрыIуэм иджы япэу къыхуихуауэ аращ ди лъахэм щыджэгуну. Пэжщ, Сочэ япэу щыджэгуу арами, ар Израилым и мыза­къуэу, Урысейми фIыуэ къыщацIыху. Бибарс Москва и ЦСКА-ми, Къэзан и «Рубинми» хэту щытащ, Iулыдж ини щызэригъэпэщащ. Иужьрей илъэситIым Натхъуэр Сер­бием и къалащхьэ Белград «Партизан»-м щоджэгу. Хэт мы адыгэ футболистыр? Дэнэ къыщежьэрэ и къуэпсыр? Илъэс зыбжанэ ипэ Израилым лэжьыгъэ IуэхукIэ ды­щы­щыIам зи цIэр фIыуэ тщIэ ­щIалэм и унагъуэм щыщхэр зэдгъэцIыхуащ, ауэ езыр, сыт щыгъуи хуэдэу, ежьати, дыхуэзакъым. Бибрэс и анэ Натхъуэ Нурхьэн къызэрыджиIэжамкIэ, щIалэм топ иIыгъыу дунейм къытехьами ярейуэ, зэрыцIыкIурэ джэгуну фIэфIу щытащ. А лъагъуныгъэр и адэм деж къыщежьэрт абы Акрэм футбол зыпищI щымыIэу щытащ. «МащIэрэ ди гъунэгъухэм я щхьэгъубжэр хиуда абы топкIэ, - игу къигъэкIыжт, - Нурхьэн, - и къуэм и сабии­гъуэр. - Къи­щынэмыщIауэ, шко­лым здихь тхылъылъэр къыщыгъуэп­щэрти, топыр иIыгъыу къэкIуэжырт. ЩыцIыкIум щегъэжьауэ пщIэнт ар футболист зэрыхъунур». ИлъэсипщIым нэса нэужь ­Бибарс Израилым и ныбжьыщIэ гупым хагъэхьащ. ­Къуажэ футбол командэм ­джэ­­гун щыщIэзыдза щIалэ цIыкIур Тель-Авив и «Ха-поэль»-м хэту утыкушхуэ ихьащ. И адэм и чэнджэщкIэ къыхиха бжыгъэм - «6»-м фIы куэд къыхудэкIуащ -­ Бибарс Израилым и ­щIалэгъуалэ гуп къыхэхам хагъэхьэри, абы и капитан занщIэу хъуащ икIи куэд дэмыкIыу къэралым и командэ нэхъыщхьэми ар щыхахащ. КъыжыIапхъэщ абы ­щыгъуэм Израилым и командэр япэ дыдэу лъэпкъкIэ журтым щымыщ цIыхум IэщIалъ­хьауэ зэрыщытар. Ар къилэ­жьат адыгэ щIалэм. «6» бжыгъэр и футболкэм ­те­ту, ехъулIэныгъэ куэд иIэу журт къэралым щыджэгу ­Бибарс Урысейм кърагъэблэгъа нэужь, егупсысауэ ихъуэжащ насып куэд къызыхудэ-кIуа а бжыгъэр. Ар «66»-рэ ищIащ. Сытыт и щхьэусы­гъуэр? Зыр и адэм и фэеплът, адрейр БаскетболымкIэ Израилым и гупым хэта, Бибарс и адэ къуэ­шым ипхъу Натхъуэ Нелли (абыи «6» бжыгъэращ зэ­рихьар) и фэ­еплът. Пщащэр машинэ зэжьэхэуэм хэкIуэдауэ щытащ 2000 гъэхэм. Футболыр фIыуэ зылъа­гъуу щыта и адэмрэ баскетболым хэта и шыпхъумрэ я фэеп­лъыр ихъумэу, и Iулыджым нэхъ­ри хигъахъуэу утыку итщ адыгэ щIалэр, къэрал зэ­мылIэужьыгъуэхэм я командэ нэхъыфIхэм ирагъэблагъэу. Дэри ди гуапэу дыкIэлъып-лъу щытащ, хамэ щIыналъэ къыщалъхуа ди лъэпкъэгъу щIалэм ЦСКА-мрэ «Рубин»-м­рэ щызыIэригъэхьэ ехъулIэ­ны­гъэхэм. Иджыри и лэжьыгъэм дегъэгушхуэ. Къэзан япэу щыкIуа илъэ-сым Бибарс дэIэпыкъуну кIэ­лъы­кIуат и анэмрэ и шыпхъу Натхъуэ Наташэрэ. Абы щы­гъуэм Нурхьэн игу къегъэкIыж щIалэр Израилым зэ­рикIам щхьэкIэ, журту псоми зэрагу­гъар. «Ауэ зэрыадыгэр, зэрымуслъымэныр къащIа нэужь, къыдэджэгухэмрэ цIы­хугъэ къыхуэхъуахэмрэ къы­зэры­хущытым занщIэу зихъуэжат», - жеIэж анэм. Натхъуэхэ я унэр музейм хуэдэщ. Бибарс къикIуа гъуэ­гуанэр нэрылъагъу зыщIу къы­хуагъэфэща кубокхэр, бгъэ­хэIухэр, медалхэр плIанэпэ ­дахэхэм щызэгъэзэхуащ. Акрэм дунейм темытыжми, щIалэм и ехъулIэныгъэхэм анэмрэ и шыпхъуитIымрэ ­иро­­гушхуэ. Апхуэдэуи Нурхьэн и гур хуэзэгъащ и ­къуэ за­къуэм, абы и щхьэгъусэщ Кфар-Камэ щыщ Ачмыжь Талие, быныфIэу унагъуэ дахэу зэдопсэу. Израилым и лъэпкъ командэ къыхэхамрэ Сербием и «Партизан» командэмрэ нобэкIэ я футболист нэхъ цIэрыIуэ ды­дэм Инстаграмым щиIэ напэ­кIуэцIым и цIэр зэрыщитхар «bibars 66»-щ. Ар зэрыджэгум, и псэукIэм, и лэжьыгъэм кIэлъоплъ цIыху мин 60-м нэблагъэ. Къэбарт Мирэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2371.txt" }
Егъэджэныгъэм и фIагъыр къэIэтынырщ школым и къалэн нэхъыщхьэр Налшык дэт, ЩIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ я творчествэмкIэ уардэу­нэм шыщхьэуIум и 26-м щекIуэкIащ ди республикэм и егъэджакIуэхэм я пленарнэ зэIущIэ ин. «Къэбэрдей-Балъкъэрым и егъэ­джэныгъэ IэнатIэм зэрызиужь стратегие унэтIыныгъэ­хэр: ехъулIэныгъэхэр, Iуэхугъуэ гугъу­хэр, зэлэжьыпхъэхэр» фIэщыгъэр зиIа форумым шэщIауэ щытеп­сэ­лъыхьащ щIыналъэм и еджапIэ, гъэсапIэ IэнатIэхэр нобэкIэ зэрыт щытыкIэм, къыщапщытэжащ гъэ ­еджэгъуэ блэкIам абыхэм зыIэрагъэ­-хьа ­ехъулIэныгъэхэмрэ зыхунэмыса­хэм­рэ. Апхуэдэу щаубзыхуащ 2021 - 2022 гъэ еджэгъуэщIэм IэнатIэм къы­пэ­щылъ къалэнхэмрэ ахэр зэфIэха зэ­рыхъунумрэ. «Роспотребнадзор»-м игъэува са­нитар-эпидемиологие хабзэхэм тету къы­зэрагъэпэщащ зэхуэсыр. Уардэу­нэм зэхыхьэхэр щрагъэкIуэкI хабзэ и пэшышхуэм щIэса цIыхухэм нэмыщI, видео зэпыщIэныгъэ Iэмалыр къагъэ­сэбэпу, зэхуэсым хэтащ ди республи­-кэм и егъэджэныгъэ IэнатIэм хиубыдэ IуэхущIапIэхэм я унафэщIрэ лэжьа­-кIуэу цIыху мини 5-м щIигъу. Ахэр форумым и лэжьыгъэм щыкIэлъыплъащ районхэм я къалащхьэхэм къыщызэ­рагъэпэща онлайн зэIущIапIэхэм. Зэ­хыхьэм къыщаIэта Iуэхугъуэхэм теухуа псалъэмакъым щIэдэIуну, зэIущIэм и лэжьыгъэм хэтыну абы къекIуэлIахэм ящыщщ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, УФ-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ, статс-секретарь Корнеев Андрей, КъБР-м и Парламентымрэ Правительствэмрэ я унафэщI­-хэу Егоровэ Татьянэрэ Мусуков Алийрэ, КъБР-м и егъэджакIуэхэм я проф­союз зэгухьэныгъэм и пашэ Карныш Сергей, депутатхэр, районхэм, къалэхэм я администрацэхэм я Iэтащхьэ­хэр, ди республикэм и курыт школхэм, сабий садхэм я унафэщIхэм ящыщхэр, къэралпсо зэпеуэхэм щытекIуа егъэджакIуэхэр, гъэсакIуэхэр, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэм я пашэхэр, нэ­гъуэщIхэри. КъБР-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Езауэ Анзор шыщхьэуIу зэIущIэр къызэIуихащ. И пэублэ псалъэм ар къызэхуэсахэм щехъуэхъуащ гъэ еджэ­гъуэщIэмкIэ, IэнатIэм хэт дэтхэнэми узыншагъэрэ ехъу­лIэныгъэрэ иIэу лъэхъэнэр ирихьэкIыну зэригуапэр къыхигъэщащ. АдэкIэ абы псэлъапIэр хуит хуищIащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. Республикэм и УнафэщIым зэрыжиIамкIэ, гъэ еджэгъуэ блэкIар хьэлъэу щытащ ди къэралми республикэми я дежкIэ, дызэрыт эпидемилогие щытыкIэ къызэрымыкIуэм къыхэкIыу. - Апхуэдэу хъуами, ди щIыналъэм и егъэджэныгъэ IэнатIэр пэлъэщащ зэманым къытхуигъэува къалэнхэр къызыхуэтын- шэу зэфIэхыным. Абы щыхьэт тохъуэ курыт школыр къэзыух- хэр зыпхыкIа къэрал къэпщытэныгъэхэм къарикIуа бжыгъэфIхэр, - къыхигъэщащ КIуэкIуэм. - Ахэр езыр-езыру къэхута ехъулIэныгъэкъым – абыхэм я щIыбагъ къыдэлъщ егъэджэныгъэ-гъэсэ­ныгъэ IэнатIэм хэт дэтхэнэми и лэжьыгъэшхуэ. ФIыщIэ фхузощI апхуэдэ псэ хьэлэл Iуэху бгъэдэтыкIэм папщIэ. АдэкIэ республикэм и Iэтащхьэр къытеувыIащ зи пашэ щIы­налъэм егъэджэныгъэм ехьэлIауэ щекIуэкI лэжьыгъэфIхэм. Ди гуапэ зэрыхъущи, республикэм и еджапIэхэр, гъэсапIэхэр къа- нэ щымыIэу хуэхьэзырщ гъэ еджэгъуэщIэм. ФокIадэм и 1-м абыхэм я бжэхэр къыхузэIуахынущ школакIуэ мини 115-м, абыхэм ящыщу мин 12,5-р езанэ классым щIэтIысхьэ сабийхэщ. Апхуэдиз школакIуэр зыхуей хуэзэу, зыхуэныкъуэхэмкIэ къызэгъэпэщауэ егъэджэныгъэм хэтын папщIэ, ди республикэм щолажьэ лъэпкъ проект цIэрыIуэ куэд. Абыхэм ящыщу КIуэкIуэ Казбек къытеувыIащ «Егъэджэныгъэ», «Демографие» проектхэм. - Егъэджэныгъэ и лъэныкъуэкIэ къэралым щекIуэкI политикэр хуэгъэпсащ дэтхэнэ сабийми Iэмал псори къыхузэгъэпэщы- ным, школым щекIуэкI лэжьыгъэм и фIагъыр къэIэтыным. А лъэпкъ проектхэм япкъ иткIэ ди щIыналъэм къыщызэIудох еджапIэщIэхэр, гъэсапIэщIэхэр, щызэдогъэпэщыж щыIэхэр, дунейпсо мардэм хуэкIуэу щIэблэм щIэныгъэ едгъэгъуэтыным дыху­щIэкъуу, - жиIащ КIуэкIуэ Казбек. - Егъэджэныгъэм къыкIэрыху хъунукъым гъэсэныгъэри. КъытщIэувэн хуейщ псэукIэ узыншэм зи щэныр теухуа, хьэл дахэ, лъэпкъ гъэсэныгъэ зыхэлъ щIэблэ екIу. АбыкIэ лэжьыгъэшхуэ зэфIывогъэкI егъэджакIуэхэм. А Iуэхум адэкIи гулъытэ игъуэтыну сыщогугъ. ЩIэныгъэхэм я махуэмкIэ, ди щIыналъэм, Налшык я махуэшхуэхэмкIэ къызэхуэсахэм гуапэу ехъуэхъуащ КIуэкIуэ Казбек икIи лэжьыгъэ купщIафIэ кърахьэлIэну зэригуапэр жиIащ. УФ-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министр Кравцов Сергей Къэбэрдей-Балъкъэрым и егъэджакIуэхэм закъыхуигъэзащ видео зэпы­щIэныгъэ IэмалымкIэ. Абы зэрыжиIамкIэ, ди къэралым и егъэ­джэныгъэ IэнатIэр ящыщщ пандемием и зэран нэхъ мащIэ ды-дэу зэкIахэм. Махуэрыеджэм тетынущ школхэри еджапIэ нэхъыщхьэхэри. ЩIыналъэм и егъэджэныгъэ IэнатIэм адэкIи ­зиужьыным къэралым дяпэкIи гулъытэ хуищIынущ. Зэхуэсым доклад нэхъыщхьэр щыщызыщIа министр Езауэ ­Анзор зэпкърыхауэ тепсэлъыхьащ щIыналъэм и егъэджэныгъэ IэнатIэм щекIуэкI лэжьыгъэхэм, къыпэщылъ къалэнхэм, лъэпкъ проектхэм къызэIуах IэмалыщIэхэр ди республикэм къызэры­щагъэсэбэпым. Докладым гулъытэ хэха щызыгъуэта унэтIыныгъэхэм ящыщщ школ IэщIагъэлIхэм ябгъэдэлъ зэфIэкIым, ­ныбжьыщIэхэм ират щIэныгъэм и фIагъым хэгъэхъуэныр, зи Iуэху дэмыкI еджапIэхэм, гъэсапIэхэм методикэ и лъэныкъуэкIэ ядэIэпыкъуныр, программэм и лейуэ ныбжьыщIэхэм ядэлэ­жьэ­ныр, школхэм я унафэщIхэм я Iэзагъыр, IэкIуэлъакIуагъыр къэIэтыныр, школ кIуэгъуэ ныбжьым нэмысахэм ядэлэжьэныр, школ мастерскойхэм я лэжьэкIэр тэрэз щIыныр, нэгъуэщIхэри. Ар къытеувыIащ «Точка роста», «Доброшкола», «Кванториум», «1T-куб» центрхэм ди республикэм и еджапIэхэм зэрызы­щаужьым. Лъэпкъыбзэхэр хъумэным и гугъу щищIым, министрым къы­хигъэщащ 1 - 4-нэ классхэм папщIэ зэреджэ-методикэ комплектыщIэхэр зэрыщыIэр, 5 - 9-нэ классхэр зэреджэн тхылъхэри мыгувэу хьэзыр зэрыхъунур. Анэдэлъхубзэр зэрадж тхылъхэр фе­деральнэ реестрым хагъэхьэным и Iуэхур и кIэм зэрынэблагъэ-ри жиIащ Езауэ Анзор. Апхуэдэу министрыр къытеувыIащ къэкIуэну гъэ еджэгъуэм IэнатIэм къыпэщылъ къалэнхэм, гулъытэ зыхуэщIыпхъэ Iуэхугъуэ гугъухэм. - ПщIэ зыхуэсщI ди егъэджакIуэхэ. Махуэ зыбжанэ дэкIмэ, гъэ еджэгъуэщIэр дублэнущ. IэнатIэм хэт дэтхэнэми лъэхъэнэщIэм худиIэщ мурадхэмрэ хъуэпсапIэхэмрэ. Ахэр къыдэхъулIэн пап-щIэ етхьэлIэн хуейщ ди зэфIэкIхэр, щIэныгъэр, шыIэныгъэр, псом я щхьэращи, узыншагъэ диIэн хуейщ, - жиIащ и псалъэм и кIэухыу Езауэм. - Сынывохъуэхъу фи мурадхэр къывэхъулIэну, хъуэпсапIэу фиIэхэр нахуапIэ хъуауэ флъагъуну. Фыузыншэу, ­фи еджакIуэхэм, гъэсэнхэм я текIуэныгъэхэм къаруущIэ къыф­халъхьэу творческэ лъагапIэщIэхэм фынэсыну си гуапэщ. Министрым жиIахэм дыщIагъуу зэIущIэм къыщыпсэлъащ ­районхэм, къалэхэм я курыт школхэм, гъэсапIэхэм я унафэщI ­пашэхэр, егъэджакIуэ Iэзэхэр. Абыхэм ящыщщ КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ методикэ IуэхухэмкIэ и зэгухьэныгъэм и уна­фэщI Башиевэ Светланэ, Шэджэм щIыналъэм и администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ - егъэджэныгъэмкIэ щIыпIэ къудамэм и пашэ Iэрыпщэ Жаннэ, Май районым хыхьэ Ново-Ивановскэ жылэм дэт курыт школ №7-м и унафэщI Хиврич Еленэ, «Урысейм и егъэджакIуэ-2021» зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэм щытекIуа, Май къалэм дэт курыт школ №5-м инджылызыбзэр щезыгъэдж ­Къущхьэ Каринэ сымэ. Зэхуэсым и утыку ирахьа Iуэхугъуэхэм ятеухуа резолюцэхэр ­къащтащ. ЖЫЛАСЭ Маритэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2372.txt" }
Сэ адыгэу сыкъалъхуащ Адыгэм и тхыдэм къыхэщыж Iуэхугъуэ гуузхэм ижь зыщIихуахэм ящыщщ Истамбыл щыпсэу, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Хасащхьэм хэт, адыгэ уэрэдыжьхэмрэ макъамэхэмрэ зэхуэхьэсыжыным, гъэзэщIэным куэд щIауэ дихьэх, хэкурысхэми хамэ щIыпIэ щыпсэухэми фIы дыдэу яцIыху, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къущхьэ Догъэн. Догъэн адыгэ лъэпкъым и къуэ пажэхэм ящыщщ жысIэмэ, сыщыуэнукъым. Ар къыщалъхуауэ щыпсэу Тыркумрэ и хэкужьыр здэщыIэ Урысеймрэ ди лъэпкъэгъухэм ятеухуауэ сыт хуэдэ Iуэху къыщаIэтми жыджэру холэжьыхь, блэкIам хуищI пщIэмрэ къэкIуэнум зэрыпежьэфымрэ я нэщэнэщ и Iуэху дахэ зэтриублауэ Истамбыл къалэкум зэрыщылажьэр. И адэжьхэм къащIэна хьэпшыпхэмкIэ, адыгэм ехьэлIауэ къэрал зэмылIэужьыгъуэ куэдым щызыIэригъэхьа дэфтэр, дамыгъэ, сурэт лъапIэхэмкIэ узэда пэшым нобэрей махуэм зэрыдекIун, и щхьэ зэригъэпсэужын IуэхущIафэр щызэрехьэ. Адыгэгу зыкIуэцIылъыр дэни щыадыгэщ. Километр минищэкIэ зыпэжыжьэ, пкъыр адэ щыIэми псэр куэдрэ щыхьэщIэ адэжь щIыналъэм зэрыпыщIар къегъэлъагъуэ лэжьапIэ пэшым щIэлъ дэтхэнэ хьэпшыпми. «Мыбыхэм ящыщ куэд ди нэхъыжьхэм ейуэ къысхуэнащ, иныкъуэхэри сэ къэсщэхуауэ аращ, - жеIэ Догъэн. - Ди жагъуэ зэрыхъунщи, илъэс блэкIахэм куэд дыдэ тфIэкIуэдащ, пщIэ хуамыщIу е и мыхьэнэр къагурымыIуэурэ ди къуэшхэм куэд зыIэщIагъэкIащ. Сэшхуэ, къамэ, джатэ, Iэщэ-фащэ хъуми, ахэр иужькIэ зэрызмыгъуэтыжынур сщIэуэ, университетым сыщыщIэс зэман лъандэрэ къызощэху, зэхузохьэс». Догъэн и псэ емыблэжу холэжьыхь хасэ Iуэхум, сыт щыгъуи зиужь итыр хэхэсу псэу ди лъэпкъэгъухэм я натIэ хъуа хьэзабыр ящыгъэпсынщIэнырщ. - Иджыпсту ди Iуэхур хъарзынэу зэрыдэкIым и зы нэщэнэу къэзгъэлъэгъуэну сыхуейщ хэкум худиIэ пыщIэныгъэр нэхъыфI зэрыхъуар. Тыркум щыIэ Кавказ Хасэхэм я федерацэм абыкIэ лъэкI къигъанэркъым. Адыгэм адыгэпсэ Iуту иджыри тIэкIу дыкъызэтенамэ, зи фIыщIэр ди хасэ цIыкIухэращ. Адыгэбзэ зымыщIэ сабийхэм зэрырагъэщIэну тхылъхэр къигъуэту, школхэм класс щхьэхуэ къыщызэрагъэпэщыну пхигъэкIыу апхуэдэщ, - жеIэ Къущхьэм. Апхуэдэуи и гуныкъуэгъуэр зыхуэдэм дыщегъэгъуазэ. - Пэжым ухуеймэ, бзэр, хабзэр хъумэжыным ехьэлIауэ ди Iуэхур хуабжьу гузэвэгъуэщ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, хэхэсыр хэхэсщ, абы хуащI гулъытэри, иIэ зэфIэкIри куэдкIэ нэхъ мащIэщ. Иужьрей илъэсхэм ди лъэр нэхъ тIасхъэ зыщIыр адыгэхэр гъунэгъуу дызэрызэхэмысыжырщ. Адыгэ нэхъыбэ дыдэ щыпсэур Къайсэрщи, Тыркум исым и проценти 5 дыхъуркъым, Истамбыл дэсыр проценти 2 къудейщ. Апхуэдэу къэрал псом уипхъауэ уису, уи бзэр пхъумэжыныр хуабжьу гугъущ, дэр-дэру ар тхузэфIэкIынукъым, абы щхьэкIэ Тырку къэралыгъуэми, хэкуми зыкъытщIагъэкъуэн хуейщ. КъэкIуэнум дахэу пежьэфыр, мурад хэхахэр хузиIэращ гъащIэм нэхъыфIу хэзагъэр. Хэхэс адыгэхэм я гум жьы дригъэхуу, хэкурысхэри я фIэфIу едаIуэу уэрэд дахэ куэд егъэзащIэ Догъэн. ХамэщIым уису, уи гур узу лъэпкъыр щыпфIэкIуэдым и деж, уи Iэр къызыпекIуэкI псоми ухэIэбэн хуей мэхъу, зыгуэркIэ сэбэп ухъун щхьэкIэ. Хабзэр, бзэр, макъамэхэр кIуэ пэтми, нэхъ мащIэ хъурт, пшахъуэщIым икIуадэрти, апхуэдэ щытыкIэм сэбэп хуэхъун мурадкIэ, уэрэдыжьхэр, хъыбарыжьхэр лIыжь-фызыжьхэм жаригъэIэурэ зэхуихьэсу щIидзащ. Ауэрэ щIалэ гуп щызэхуэсахэм деж а хъыбарыжьхэр яжриIэм, дзапэ уэрэд иригъэдаIуэурэ Iуэхум дихьэха хъуащ. Догъэн макъамэу миным щIигъу, абы щыщу 300-р уэрэду зэхуихьэсыжащ, иригъэтхащ, CD-дискыу тIу къыдигъэкIащ. Иджы ещанэр игъэхьэзырыну и мурадщ, абы хэтынущ зыми ямыщIэж уэрэдыжь дыдэхэр, адыгэм и тхыдэм щыщ пычыгъуэхэр, ИстамбылакIуэр, пасэрей зауэжьхэр къызыхэщыж уэрэдхэр. Тхыгъэри сурэтхэри зейр НэщIэпыджэ Замирэщ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2373.txt" }
Къуажэхэр IэщIагъэлIкIэ къызэрагъэпэщ Егъэджэныгъэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм илъэситI лъандэрэ щолажьэ «Къуажэ егъэджакIуэ» программэр. Абы ипкъ иткIэ зэпеуэр ирегъэкIуэкI КъБР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм. Урысей Федерацэм и Президентым 2020 гъэм къыхилъхьа жэрдэмыр зи лъабжьэу яубзыхуа а къэрал программэр хуабжьу сэбэпщ къуажэхэм, жылэ пхыдзахэм, цIыху куэд зыщымыпсэу къалэ цIыкIухэм щылажьэ пэщIэдзэ, курыт школхэр IэщIагъэлI IэзэхэмкIэ къызэгъэпэщынымкIэ. Проектым хыхьэ егъэджакIуэхэм я дэфтэрхэм хоплъэри, лэжьапIэ ягъакIуэ, езыхэм ирагъэдж предметым елъытауэ, апхуэдэ IэщIагъэлI хуэныкъуэ, зыхуримыкъу школхэм. ЛэжьапIэм ува нэужь, хуитыныгъэ яIэщ программэм къигъэув, сом мелуан хъу ахъшэр иратыну. Къэпщытэныгъэхэм пхыкIхэр Iэмал имыIэу илъэситхукIэ щылэжьэн хуейщ здагъакIуэ школым, тхьэмахуэм сыхьэт 18 нэхърэ мынэхъ мащIэ ирагъэджу. «Къуажэ егъэджакIуэ» программэм и фIыгъэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и курыт школ зыбжанэм 2020 гъэм ягъуэтащ зыхуэныкъуэ IэщIагъэлIхэр. Илъэс блэкIам къриубыдэу IэщIагъэлI Iэзэхэр, математикэмкIэ, инджылызыбзэмкIэ, урысыбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэхэр, ягъуэтащ ди щIыналъэм хыхьэ жылэ зыбжанэм дэт курыт, пэщIэдзэ школхэм. Апхуэдэхэщ, къапщтэмэ, Благовещенскэ, Заречное, Янтарное, Октябрьское, Псынэдахэ, Безенги, Терскол, Бахъсэн Ипщэ къуажэхэр. Абыхэм лэжьакIуэ кIуа егъэджакIуэхэм яIэрыхьакIэщ илъэситхум къриубыдэу кърахьэлIэн хуей лэжьыгъэм къыпэкIуэ ахъшэ дэIэпыкъуныгъэр. Апхуэдэхэм ящыщщ Май щIыналъэм хыхьэ Октябрьскэ къуажэ цIыкIум дэт курыт школым нэгъабэ лъандэрэ щылажьэ Хъутат Заретэ. Абы зэрыжиIэмкIэ, а школыр хуэныкъуэт урысыбзэмрэ литературэмрэ езыгъэдж IэщIагъэлIи, а хъыбарыр зэхихри, «Къуажэ егъэджакIуэ» программэм хыхьащ. - Си дэфтэрхэм щыхэплъащ КъБР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм. Псори тэрэзу хъуа нэужь, а школым лэжьапIэ сыуващ, - жеIэ Заретэ. - Сэ къызэрысщыхъумкIэ, жылагъуэр зыхуей дыдэщ а программэр. Мис, къапщтэмэ, къуажэ школми зыхуэныкъуэ егъэджакIуэр игъуэтащ, сэри мылъкукIэ зыкъысщIагъэкъуащ. И IэнатIэщIэм игури и псэри етауэ пэрытщ Хъутатыр. Абы урысыбзэмрэ литературэмрэ щрегъэдж 7-9-нэ, 11-нэ классхэм. Дерсхэм къадэкIуэу Заретэ ныбжьыщIэхэм ядрегъэкIуэкI классщIыб лэжьыгъэшхуи. Зи къалэнхэр жэуаплыныгъэ зыхищIэу езыхьэкI егъэджакIуэм япэ ехъулIэныгъэхэри щызыIэригъэхьащ IэнатIэщIэм. Абы и еджакIуэхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ урысыбзэмкIэ районым щекIуэкIа олимпиадэм. Апхуэдэу Хъутатым и гъэсэнхэм ящыщ куэдым ОГЭ, ЕГЭ къэрал къэпщытэныгъэхэмкIэ балл лъагэхэр къахьыфащ. Хъутат Заретэ и лъэужьым мы гъэм ирикIуащ иджыри егъэджакIуэ зыбжанэ. Къапщтэмэ, Май щIыналъэм хыхьэ жылэхэм дэт школхэм мы гъэ еджэгъуэм къыщыщIэдзауэ щылэжьэнущ математикэр езыгъэдж Гугу Жаннэрэ инджылызыбзэмкIэ егъэджакIуэ ЩIакIуэныкъуэ Залинэрэ. ЖЫЛАСЭ Маритэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2374.txt" }
Урысейпсо зэхьэзэхуэхэм щIедзэ «Демография» лъэпкъ проектым и «Спорт – норма жизни» федеральнэ Iыхьэм хиубыдэу, «Лига здоровья нации» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм УФ-м СпортымкIэ и минитерствэм къыдиIыгъыу къызэрегъэпэщ «Человек идущий» къэкIухьынымкIэ къэралпсо зэхьэзэхуэхэр. Гуп щхьэхуэ зэхуашэсыурэ абы хэтыну Iэмал яIэщ дэтхэнэри. Зэхьэзэхуэм гупхэр цIыху 20-50-у щызэхагъэувэ. Дэтхэнэ зыми зыщригъэтхын хуейщ пщIэншэу интернетым ит «Человек идущий» мобильнэ гуэдзэным. АдэкIэ абы къибжынущ командэм хэтхэм къакIуа лъэбакъуэхэр икIи абы ипкъ иткIэ гупым рейтинг хуагъэфэщэнущ. Зэхьэзэхуэхэр IыхьитIу зэхэтынущ. 2021 гъэм и фокIадэм и 10-м къыщыщIэдзауэ жэпуэгъуэм и 10 пщIондэ – пэщIэдзэ Iыхьэщ – гупхэр зэхагъэувэнущ, хэтынухэр ирагъэджэнущ. ЕтIуанэ Iыхьэм жэпуэгъуэм и 15-м къыщыщIэдзауэ щэкIуэгъуэм и 15 пщIондэ зэхьэзэхуэхэр екIуэкIынущ. АдэкIэ зэпеуэхэм кърикIуахэм япкъ иткIэ текIуахэр ягъэпэжэнущ. Муниципальнэ, корпоратив, студент командэхэр, пенсионерхэр ирагъэблагъэ зэхьэзэхуэм хэтыну. Къэхъун Бэч.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2375.txt" }
Лэжьыгъэм пащэ КъБР-м щыIэ МВД-м щызэхалъхьэжащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкI «Iущхьэ-2021» профилактикэ лэжьыгъэм и япэ Iихьищым кърикIуахэр. Iуэхур Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэ псоми щокIуэкI 2021 гъэм и накъыгъэ - жэпуэгъуэ мазэхэм. Абы и мурад нэхъыщхьэр езыр-езыру къэкI наркотикхэкIхэр ирагъэкIыныр къызэпыудынырщ, хабзэм ебакъуэу наркотикхэкI, акъылыр зыгъэутхъуэ пкъыгъуэхэр зыхэлъу хасахэр, е езыр-езыру къэкIахэр къахутэу игъэкъэбзыкIынырщ. Апхуэдэуи полицэм и лэжьакIуэхэр яужь итщ афиянхэкIхэр зыхэлъ къэкIыгъэхэр хэзысэхэмрэ наркотикхэр изыгъэкIхэмрэ убыдыным икIи жэуапым ешэлIэным. Iуэхум зэрыщIидзэрэ республикэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и органхэм къэкIыгъэхэм къхыхах наркотикхэр ирагъэк ыну яужь зэритам теухуа уголовнэ Iуэху 25-рэ къаIэтащ. Абыхэм ящыщу 2-р наркотикхэр щэным, 2-р апхуэдэхэр щызрахьэлIэ щIыпIэ зэраIыгъым, 1-р наркотикхэкI зыхэлъхэр зэрыхасэм ехьэлIащ. Уголовнэ жэуапым ирашэлIащ цIыху 24-рэ, 60-м ехьэлIа административнэ протоколхэр ятхащ афиянхэкIхэр зэрырагъэкIым къыхэкIыу. Мазищым къхриубыдэу къытрахащ езыр-езыру къэкI наркотикхэкI килограмми 4,2-рэ. Къахутэри апхуэдэ къэкIыгъэхэр щрагъэкъэбзыкIащ щIыпIи I00-м. псори зэхэту гектар 52-м щIигъу къызэщIэзыубыдэм. АфиянхэкI зыхэлъ къэкIыгъэхэр щIыпIэм зэрырамыгъэкъэбзыкIам къыхэкIыу цIыхуи 5 административнэ жэуапым ирашэлIащ УФ-м и КоАП-м и 10.5-нэ статьям ипкъ иткIэ. Урысей Федерацэм и Правительствэм 2010 гъэм дыгъэгъазэм и 22-м къищта унафэ №1087-м ипкъ иткIэ наркотикхэкI зыхэлъ къэкIыгъэхэр ирагъэкъэбзыкIыну я къалэнщ ар къыщыкI щIы кIапIэр зейхэмрэ къэзыгъэсэбэпхэмрэ. АфиянхэкIхэр зыхэлъ къэкIыгъэхэр ар къыщыкIхэм щигъэкъэбзыкIыныр ирагъэкIуэкIын хуейщ къэрал кIуэцI органхэм я лэжьакIуэхэр, щIыпIэ администрацэм и лIыкIуэхэр зыхэт комиссэм Iэмал имыIэу зыхуей тхылъхэр ятхыу, сурэт е видео трахыу. ЩIыр зейм е ар къэзыгъэсэбэпым езыр-езыру къэкI афиянхэкI е акъылыр зыгъэутхъуэ пкъыгъуэхэр зыхэлъ къэкIыгъэхэр иримыгъэкъэбзыкIмэ, административнэ хабзэр къызэрызэпиудам къыхэкIыу зыхуэфащэ тхылъ къыIэрыхьэнущ. Къыхэгъэщыпхъэщ 2021 гъэм апхуэдэ хабзэр къызэпызыудахэм тралъхьэ къуэдым зэрыхэхъуар: - цIыхухэм - сом 3000 щыщIэдзауэ 4000-м нэс; - къулыкъущIэхэм - сом 5000 щыщIэдзауэ 10 000 нэс; - юридическэ лицоуэ къалъытэхэм - сом 50 000 щыщIэдзауэ 100 000 нэс. Зыщывгъэгъупщэ хъунукъым къуэдыр итакIи щIыр зейм зэрыщхьэщамыхыр афиянхэкI зыхэлъ къэкIыгъэхэр и щIы кIапэм иригъэкъэбзыкIынымкIэ и пщэ къыдэхуэ къалэныр. КъБР-м щыIэ МВД-м Наркотикхэр зэрызэрагъакIуэм кIэлъыплъынымкIэ и управленэм цIыхухэр къыхуреджэ набдзэгубдзаплъэу щытыну, наркотикхэкI зыхэлъ къыщыкI щIы кIапэхэм гу лъатамэ хабзэхъумэ IэнатIэхэм къалэ, къуажэ администрацэхэмрэ район администрацэхэм мэкъумэш хозяйствэмкIэ и къудамэхэм хъыбар ирагъэщIэну. УЭРДОКЪУЭ Женя.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2376.txt" }
Пащты Герман Налшык щагъэлъапIэ Пшыхьхэр УФ-м и цIыхубэ, КъБР-м щIыхь зиIэ я сурэтыщI, республикэм и Къэрал саугъэтым и лауреат, ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием и член-корреспондент, ЩIДАА-м и академик, Красноярск КсилографиемкIэ щыIэ школым и къызэгъэпэщакIуэ икIи и унафэщI, профессор Пащты Герман и ныбжьыр илъэс 80 щрикъум ирихьэлIэу творческэ пшыхь иджыблагъэ къыщыхузэрагъэпэщащ Налшык дэт «Акрополь» уардэунэм. «Лэжьыгъэ къыхэхахэр» фIэщыгъэм щIэт и альбомыщIэм и лъэтеуви хъуат. ГуфIэгъуэ зэхыхьэм кърихьэлIат сурэтыщI цIэрыIуэхэр, творчествэм и цIыхухэр, Герман и IэдакъэщIэкIхэр фIыуэ зылъагъухэмрэ и ныбжьэгъухэмрэ. Пшыхьыр къызэIуихри иригъэкIуэкIащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин. Герман и зэфIэкI лъагэм, цIыхугъэм, лъэпкъым хуиIэ лъагъуныгъэм теухуауэ абы къыщыпсэлъащ КъБР-м и цIыхубэ артист, композитор цIэрыIуэ, усакIуэ ХьэIупэ ДжэбрэIил, КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ Бещтокъуэ Хьэбас сымэ, нэгъуэщIхэри. - Пащты Герман хузэфIэкIащ щэнхабзэр, дахагъэр фIыуэ зылъагъу псори зэкъуигъэувэн, зэришэлIэн. Абы дахагъэр и Iэпэгъу къудейкъым, атIэ цIыхухэм я пащхьэ екIуу, гуимыхужу ирелъхьэ. КъызэрымыкIуэу фIыуэ долъагъу, пщIэ худощI. УзэрыдиIэм дрогушхуэ, - жиIащ министрым Герман зыхуигъазэу. Лъэпкъ щэнхабзэм, Пащтым и лэжьыгъэщIэхэм, ди республикэм и цIыху зэфIэкIыбэхэм теухуа псалъэмакъ щхьэпэ щрагъэкIуэкIащ зэIущIэм. Щомахуэ Залинэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2377.txt" }
КъБР-м щыIэ МВД-м къет Урысей МВД-м и Упрвленэу Налшык къалэ щыIэм и лэжьакIуэхэм 2021 гъэм шыщхьэуIум и 17-м яубыдащ къэралым къыщалъыхъуэ, Дзэлыкъуэ районым щыпсэу, илъэс 35-рэ зи ныбжь цIыхухъур, дыгъуауэ шэч зыхуащIыр. Ар къэзылъыхъуэм хъыбар ирагъэщIащ Урысей МВД-м и Управленэу Налшык къалэ щыIэм зыхуигъэзащ илъэс 40 хъу налшыкдэсым. Абы зэрыжиIамкIэ, Руслан зи цIэ щIалэм удзыр хупиупщIыну къриухылIэри гъэпцIагъэкIэ сом 8000 IэщIигъэкIащ. Ахъшэр зэрыIэрыхьэу бзаджащIэм зыкъригъэгъуэтыжакъым. Къэлъыхъуэныгъэ Iуэхухэр щрагъэкIуэкIым яубыдащ нэхъапэм суд зытращIыхьа, илъэс 31-рэ зи ныбжь, Белая Речкэ щыпсэу цIыхухъур. Абы илэжьамкIэ зиумысыжащ. Урысей МВД-м и Управленэу Налшык къалэ щыIэм СледствиемкIэ и къудамэм уголовнэ Iуэху къиIэтащ УФ-м и УК-м и 159-нэ статьям и 2-нэ Iыхьэм ипкъ иткIэ. Шэч зыхуащIым щIыпIэр имыбгынэну хуагъэуващ. Урысей МВД-м Iуащхьэмахуэ куейм щиIэ къудамэмрэ КъБР-м щыIэ МВД-м Наркотикхэр зэрызэрагъакIуэм кIэлъыплъынымкIэ и управленэмрэ я лэжьакIуэхэм, абыкIэ хуитыныгъэ яIэу, 2021 шыщхьэуIум и 12-м щIащыкIащ нэхъапэм суд зытращIыхьауэ щыта, илъэс 55-рэ зи ныбжь тырныауздэм цIыхубзым и унэр. Къэпщытэныгъэр щрагъэкIуэкIым абы и фэтэрым щIэст нэхъапэми суд зытращIыхьа, щIыпIэм щыпсэу цIыхуитI, илъэс 62-рэ, 47-рэ зи ныбжьхэр. ХьэщIэхэм язым жиIащ бысымым и деж хьэщIапIэ къызэрыкIуэр наркотикхэкI зрихьэлIэну. Полицейхэм фэтэрым къыщагъуэтри къытрахащ бжьыгъэ фIыцIафэ-гъуэжьыфэ зиIэ гъущI тепщэчрэ лъы лъэужь къызэрына шприцитIрэ. Полицэм и лэжьакIуэхэм яубзыхуащ фэтэрыр зейм и унэр Тэрч районым щыщ, илъэс 59-рэ хъу цIыхубзми ар хуит зэрыхуищIар афиянхэкI щызрихьэлIэн папщIэ. Урысей МВД-м Iуащхьэмахуэ куейм щиIэ къудамэм шэч зыхуащIым теухуа уголовнэ Iуэху къиIэтащ УФ-м и Уголовнэ кодексым и 232-нэ статьям и 1-нэ Iыхьэм къыщыхьа щIэпхъаджагъэр илэжьауэ. Урысей МВД-м Тэрч щIыналъэм щиIэ къудамэм и плъыр частым 2021 гъэм шыщхьэуIум и 13-м звхуигъэзащ щIыпIэм щыпсэу, илъэс 33-рэ зи ныбжьым. ЦIыхухъум зэрыжиIамкIэ, ар тхьэмахуэкIэ къалэм щымыIауэ къэкIуэжри, къихутащ ухуэныгъэ лэжьыгъэхэр щекIуэкI абы и павильоным кубометри 8-м нэблагъэ пхъэхэкI зэрыщIадыгъукIар. Абы хэщIатсом 140000-рэ. Къэлъыхъуэныгъэ, къэпщытэныгъэ Iуэхухэр щрагъэкIуэкIым Урысей МВД-м Тэрч щIыналъэм щиIэ къудамэм уголовнэ къэлъыхъуэныгъэмкIэ и лэжьакIуэхэмрэ полицэм и участковэ уполномоченнэхэмрэ шэч зыхуащIыр яубзыхуащ. Абы илъэс 19 и ныбжьщ, Тэрч районым щопсэу. ЩIалэм илэжьамкIэ зиумысыжащ, жиIащ пхъэхэкIхэр ищэну зэрыхуеяр. Идыгъуар къыIахыжащ. Шэч зыхуащIым теухуа уголовнэ Iуэху къаIэтащ. Дыгулыбгъу Жантинэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2378.txt" }
Нобэ ♦Залымыгъэ зыкIэлъызэрахьэу ягъэкIуэдахэм я фэеплъ махуэщ ♦Тэтэрстан Республикэм и махуэщ. 1990 гъэм Тэтэрстан Республикэм и къэрал суверенитетым теухуа декларацэр къащтащ. ♦Къэзахъстан Республикэм и Конституцэм и махуэщ ♦Тыркум щагъэлъапIэ текIуэныгъэм и махуэр 1703 гъэм Петербург и тхыдэм щыяпэу абы псыдзэ щIэуащ. Сыхьэт бжыгъэм къриубыдэу псым метритIым щIигъукIэ зыкъиIэтат. ♦1730 гъэм Черкасский Алексей пщым Невский Александр и орденыр къратащ. ♦1928 гъэм Неру Джавахарлал къигъэуващ Индиер Инджылызым и бжьым къыщIэкIыу къэрал щхьэхуит хъун хуейуэ. А махуэми Индием и щхьэхуитыныгъэм щIэбэныну лигэр къызэрагъэпэщауэ щытащ. Ауэ Индием и къэралыгъуэ щигъуэтар абы и ужькIэ илъэс тIощIым нэблагъэ дэкIауэщ - 1947 гъэрщ. ♦1918 гъэм Каплан Фанни Ленин (Ульянов) Владимир иукIыну хэтащ. ♦1943 гъэм советыдзэхэм Таганрог къалэр нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэхэм къыIэщIагъэкIыжащ. АбыкIэ зэфIэкIащ Ростов областыр хуит къэщIыжыныр. ♦1944 гъэм советыдзэхэр нэмыцэхэм яIыгъ Румынием и къалащхьэ Бухарест дыхьащ. ♦1963 гъэм Кремлымрэ (СССР) Унэ Хужьымрэ (США) занщIэу кIуэ телефон связкIэ зэпащIащ. Зым адрейм гурыщхъуэ хуищIу, зэрымыщIэкIэ а къэралхэм ядернэ зауэ ямыублэн мурадкIэт а унэхэр зэрызэпсэлъэн IэмэпсымэкIэ щIызэпащIар. ♦1966 гъэм СССР-м унафэ къыщащтащ Ерыскъыпхъэ къыщIэзыгъэкI промышленностым и лэжьакIуэхэм я махуэр гъэувыным теухуауэ. Абы къыщыгъэлъэгъуат ар илъэс къэс жэпуэгъуэм и ещанэ тхьэмахуэ махуэм ягъэлъэпIэну. ♦1991 гъэм Азербайджаныр къэрал щхьэхуэ зэрыхъуар хэIущIыIу ищIащ. ♦1860 гъэм къалъхуащ урыс сурэтыщI цIэрыIуэ Левитан Исаак. ♦1871 гъэм къалъхуащ Инджылызым щыщ физик, ядернэ физикэмкIэ щIэныгъэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа, Нобель и саугъэтыр химиемкIэ зыхуагъэфэща Резерфорд Эрнест. ♦1933 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэм я доктор, бзэхэр щаджу Армавир дэт университетым и профессор, Кубаным щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Сэкий Нурдин. ♦1934 гъэм къалъхуащ совет актёр, РСФСР-м щIыхь зиIэ и артист Солоницын Анатолий. ♦1936 гъэм къалъхуащ медицинэм и доктор, Германием щыIэ Адыгэ Хасэм и лэжьыгъэм хэт Сэлихь (Уджыхъу) Ихьсан. ♦1941 гъэм къалъхуащ къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ, РСФСР-м футболымкIэ и чемпион Сыжажэ Валерий. ♦1954 гъэм къалъхуащ Беларусь Республикэм и президент Лукашенкэ Александр. ♦1958 гъэм къалъхуащ урысей журналист цIэрыIуэу, цIыхум и хуитыныгъэхэм я къыщхьэщыжакIуэу щыта Политковская Аннэ. ♦1960 гъэм къалъхуащ атлетикэ хьэлъэмкIэ спортым и мастер, УФ-м щIыхь зиIэ и гъэсакIуэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. ♦1981 гъэм къалъхуащ хьэрычэтыщIэ, юридическэ щIэныгъэхэм я кандидат Едыдж Едыдж. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 29 - 30, жэщым градус 20 - 22-рэ щыхъунущ. Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2379.txt" }
УсакIуэ телъыджэ Усыгъэм и вагъуэ Къэшэж Иннэ къызэралъхурэ мазаем и 12-м илъэс 75-рэ ирокъу Къэшэж Иннэ и цIэр урыс литературэм къызэрыхэнэнум и мызакъуэу, ди лъэпкъ тхыдэм игъащIэкIэ игъэфIэнущ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, урысыбзэкIэ тхэуэ щытами, ар ди адыгэ усакIуэ телъыджэщ. Ди лъэпкъыр кIэншэу зэрыгушхуэнщ, зэрыпагэнщ абы и тхыгъэхэр. Иннэ дунейм тетыху нэхъыбэу псэкIэ зыхуэусар, и макъ жьгъыру дахэр хэIэтыкIауэ зыхуигъэIуар ди лъахэрщ, и адэ хэкужьырщ - Къэбэрдей- Балъкъэрырщ. И ныбжьыр илъэс 18 фIэкIа мыхъуу абы и япэ тхылъ (1962) Налшык къыщыдигъэкIам дуней псом щыцIэрыIуэ Кулиев Къайсын хуитхауэ щыта пэублэ псалъэм мыпхуэдэу хэтщ: «Iэрытхыр къызэгуэсхри, сигъэгуфIащ, ситхьэкъуащ япэу сыкъызэджа усэ цIыкIум. Псынэ щIэщыгъуэ къибыргъукIыу къысфIэщIащ ар… Илъэс тIощIрэ тхурэ хъуауэ сэ къуршхэм сатотхыхь, ауэ схузэфIэкIакъым абыхэм папщIэ мы усакIуэ ныбжьыщIэ дыдэм жиIэфам хуэдэ жысIэну. Къэшэж Иннэ Москва къыщыхъуащ, ауэ абы и дежкIэ ди республикэр лъапIэщ, дэ тщыщ дэтхэнэми зэрыфIэлъапIэм хуэдэу. Къэбэрдейм, Балъкъэрым, бгырысхэм ятеухуа абы и усэхэр гу хуабагъэрэ гуапагъэкIэ гъэнщIащ». Еянэ классым сыщеджэрт абы щыгъуэ. Си япэ усэхэр адыгэ газет, журналхэм къытрадзэу щIадзат. Литературэм къыщыхъу-къыщыщIэхэм нэхъуеиншэу сыкIэлъыплъырт. Кулиев Къайсын зыщытхъуа Къэшэж Иннэ и япэ тхылъ цIыкIур къэсщэхуауэ сиIэт, къытезгъэзэжурэ сфIэгъэщIэгъуэну сыкъеджэрт. ПсынщIэу цIэрыIуэ хъуат ар - и усэхэр щIэх- щIэхыурэ Москва къыщыдэкI журналхэм, газетхэм къытехуэрт, езыр къеджэжу ахэр союзпсо радиомкIэ къатырт. А зэманым сэ щэхуу мурад сщIауэ щытащ апхуэдизу щIалэу къэралпсо утыку ихьэфа си лъэпкъэгъу усакIуэр зэзгъэцIыхуну, уеблэмэ си усэ гуэрхэри урысыбзэкIэ зэрезгъэдзэкIыну. СыщIалэт, сигурэ си щхьэрэ зэтелът… Си мурад щэхур нахуэ хъунымкIэ, къызэхъулIэнымкIэ къыздэIэпыкъуауэ щытащ КIыщокъуэ Алим. 1967 гъэм, Москва дэт Литературэ институтым сыщеджэу, КIыщокъуэм деж сыкIуат, Iэрытхышхуэ сIыгъыу, «тхылъ къыхэкIыну пIэрэ» жысIэу езгъэлъагъуну. Алим РСФСР-м и ТхакIуэхэм я союзым и унафэщIхэм ящыщ зыт. Си усэхэм ар щыгъуазэт школым сыщыщIэс лъандэрэ, къуажэм сыкъикIыу Налшык сыкъакIуэурэ стхыхэм хэзгъаплъэу щытат. НтIэ, КIыщокъуэм, адыгэбзэкIэ япэ тхылъ къыдэзгъэкIыныр къыздеIыгъри, мыпхуэдэуи къызжеIэ: «Урыс тхылъеджэхэм нэхъ пасэу укъацIыхумэ, нэхъыфIщ, усэ гуп зэрегъэдзэкIи, журнал пIащэ гуэрым теддзэнщ. АбыкIэ сэбэп хъуфынур, сэ нэмыщI, Къэшэж Иннэщ, сэ фызэпысщIэнщ». КIыщокъуэм и фIыгъэкIэ Иннэ сэрэ дызэроцIыху, си усэ Iэрами зэредзэкIри 1968 гъэм «Дружба народов» журналым къытохуэ, езы Алим и пэублэ псалъэ гуапи щIыгъуу. Абдеж къыщыщIидзащ Къэшэжым сэрэ ди творческэ ныбжьэгъугъэ зэпыщIэныгъэм. Къэшэж Иннэ си зэдзэкIакIуэм и мызакъуэу икIи си ныбжьэгъут, илъэситIкIэ сэ нэхърэ нэхъыжь пэтми, «си шыпхъу цIыкIукIэ» седжэрт. Дэлъхуншэт Иннэ, IэмащIэлъэмащIэт, щэхут, псэ хьэлэлт, псэ къабзэт, и щхьи и щIыхьи лъагэми, пагэтэкъым, Урысей къалащхьэм, псом хуэмыдэу и адэмрэ и анэмрэ дунейм ехыжа нэужь, зеиншафэ къыщытеуат - арат сыткIи згъэгушхуэмэ, згъафIэмэ сфIэфIу, «си шыпхъу цIыкIу» щIыжысIэр. Апхуэдэу екIуэкIащ Москва сыщеджэу, махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу абырэ сэрэ дызэхуэзэу щыщыта лъэхъэнэми, телефонкIэ дызэпсалъэу, письмокIэ дызэхуэтхэу иужькIэ кIуа илъэсхэми. Сэ Налшыки Москваи урысыбзэкIэ тхылъ зыбжанэ къыщыдэзгъэкIащ. Абыхэм ит тхыгъэхэм я нэхъыбапIэр зэзыдзэкIар Иннэщ. Нобэ литературэм и зы Iуащхьэ гуэр сыдэкIыфамэ, си цIэрэ си щхьэрэ си лъэпкъэгъухэм нэмыщI нэгъуэщI зыгуэрхэми ящIэмэ, ар ину зи фIыщIэр Къэшэжырщ. Москва къыщалъхуами, къыщыхъуами, абы зэрысабийрэ и жьэгуу илъытар и адэ лъапсэрщ, ди къурш лъахэрщ. Куэдрэ къэкIуэжырт Иннэ ди деж. КъэкIуэжырт, къэкIуэжыгъуэ къэси къыздихьэж щIыналъэм и гур нэхъ кIэрыпщIэу, ди дунейм и дахагъымрэ ди щIым и берычэтыгъэмрэ, ди хьэуам и IэфIагъымрэ ди псыхэм я псынщIагъымрэ, ди цIыхухэм я гуапагъэмрэ я лIыгъэмрэ и псэр нэхъри дахьэхыу, апщIондэхукIи хэку лъагъуныгъэшхуэкIэ зэджэж гурыщIэр, къурш хуэдэ, и гущIэм къыщытэджу. Мис а гурыщIэр къэIуэтэнырщ, псэм дыхьэ уэрэду цIыхубэм яхэгъэIуэнырщ - аракъэ поэзием и къалэныр! - Къэшэжым къарууи зэчийуи бгъэдэлъыр зрихьэлIар. Тхылъ Iэджэ къыщыдигъэкIащ абы Москваи Налшыки. Абы я цIэ къудейми куэд къыбжаIэ: «Вольный аул», «Белый тур», «Кавказ надо мною», «Кебляга»… И тхылъхэм «бгырыс плъыфэ» яритын мурадкIэ усакIуэм къигупсыса псалъэ цIуугъэнэкъым ахэр. Дэтхэнэ фIэщыгъэцIэми жэуап щахь тхылъым сатыру итым я пащхьэ. Апхуэдэу щыщыткIэ, дэтхэнэ фIэщыгъэцIэри усакIуэм и бзэм къыпыкI псалъэ нэхъ лъапIэ дыдэхэм ящыщ зыуэ мэув. Хамэш утесу, хамэ фащэ пщыгъыу утыку ущIихьэн щыIэкъым, уиш дахэ, уи фащэ екIу уиIэжу. АтIэми, ахэр псэм щигъунэгъукIэ, гум щыфIэфIкIэ - ууейуэ щыщыткIэ. Апхуэдэущ Иннэ и творчествэм зэреплъу щытар. И творчествэм и закъуэкъым: и хьэлкIи, и щэнкIи, и дуней тетыкIэкIи, и псэлъэкIэкIи - сыт и лъэныкъуэкIи Къэшэжыр бгырыс цIыхубзт, адыгэ пщащэт. И унэ уихьамэ, адыгэ шыгъупIастэ къыпхуищтэнут, адыгэ нэмыс къыпхуищIынут - хабзэ хэлът, хабзэ ищIэрт, ар зэрихъумэным яужь итт. Иригушхуэут, ирипагэут ар абыхэм зэрытетхыхьри. Тоби ирехъу, езым адыгэ хьэл-щэн дахэ зэрыхэлъыр, и усэ Iущхэм бгырыс макъамэ зэращIэлърагъэнт Иннэ урысхэми, нэгъуэщI лъэпкъхэми хэхауэ фIыуэ къыщIалъагъур. Ар занщIэу наIуэ щыхъурт поэзием теухуауэ екIуэкI зэIущIэхэм. 60 - 70 гъэхэр эстрадэр щытепщэ лъэхъэнэт. Артистхэми хуэдэ къабзэу, усакIуэхэри сценэм итт абы щыгъуэ. Тхылъ къудейкIэ мыхъуу, я гурыщIэхэр, я гупсысэхэр къыщыIуэта я IэдакъэщIэкIхэм цIыхухэр щIагъэдэIурт, апхуэдэ щIыкIэкIэ тхылъеджэхэр къыдахьэхырт, «къазэурт» - поэзиер фIыуэ ирагъэлъагъурт, зыхрагъащIэрт. Къэшэжыр сыт щыгъуи яхэтт тхылъеджэхэм яхуэзэрей Москва щыщ усакIуэ гупышхуэм. Ахэр Друнинэ Юлие, Ахмадулинэ Бэллэ, Казаковэ Риммэ, Мориц Юннэ, Евтушенкэ Евгений, Вознесенский Андрей, Рождественский Роберт, Окуджавэ Булат, Шкляревский Игорь сымэт. Мис абыхэм зыкIи къапикIуэтыртэкъым Иннэ, «яхэкIуадэртэкъым», уеблэмэ зыгуэркIэ къахэлыдыкIыу пIэрэ жыпIэрт. А «зыгуэрри», сэ къызэрызгурыIуэмкIэ, и кавказ тхэкIэ, псэлъэкIэ щIэгъэщхъуарт, и зыIыгъыкIэ зэпIэзэрытырт. «Си адэр бгырыс ткIий дыдэщ, и нитIыр уэсэпс щIыIэ лыду, си анэр зи гущIэр нэху Урысейм ипхъу тхьэрыкъуэ пщэхущ», жиIэнти къыщIидзэнт Къэшэжым псэлъэн. Абдеж залыр щым хъурт. АдэкIи, зы усэ къеджэху Iэгур къытракъутэу, сценэм ирагъэтырт куэдрэ. Иннэ псом хуэмыдэу цIэрыIуэ зыщIар и уэрэдхэрщ. «Опять стою на краешке земли», «Подари мне лунный камень», «Нарьян-Мар»… Ахэр, махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу, радиокIи телевиденэкIи къату щытащ Магомаев Муслим, Лещенкэ Лев, Кристалинская Майе, Хиль Эдуард, Лукач Маринэ, нэгъуэщIхэми ягъэзащIэу, ноби ящыгъупщэжакъым. Ди Къэбэрдей-Балъкъэр композиторхэми макъамэ дахэ зыщIалъхьа абы и уэрэдхэм псори дыщыгъуазэщ. Къэшэжым концерт псо итыфырт и закъуэ. Концертыр и усэрэ уэрэду зэхэлът. Iэджэрэ слъэгъуащ абы зэрыщIыхьэн билет ямыгъуэтыжу, театрхэм къызэрыщыхъум хуэдэу, цIыхур зэхэту. Слъэгъуащ абы цIыху цIэрыIуэхэр кърихьэлIауэ - киноактрисэ Доронинэ Татьянэ, космонавт Терешковэ Валентинэ сымэ, нэгъуэщIхэри. СССР-м и республикэ псоми, хамэ къэралхэми къыщацIыхурт ди усакIуэ хьэлэмэтыр. Къэшэж Иннэ урыс литературэм къыхэмынэнкIэ Iэмал иIэкъым абы хуилэжьамкIэ. Игури и псэри етауэ илъэс пщIы бжыгъэкIэ Къэшэжым итха усэхэр, балладэхэр, поэмэхэр, уэрэдхэр поэзие нэсым и щапхъэщ. БИЦУ Анатолэ, КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ. Закъуэныгъэм псэр игъэтыншыркъым 1967 гъэм и накъыгъэ мазэт. МахуитI хъуауэ Союзхэм я Унэм и Колоннэ пэшым щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм я союзпсо зэхыхьэ щекIуэкIырт. Абы хэтт щIэныгъэлI куэди. Сэри утыкум срагъэблагъэри, дакъикъи 10 хуэдэкIэ сыкъэпсэлъащ. Зыдгъэпсэхуну дыкъыщIэкIауэ, зы хъыджэбз къызбгъэдыхьэри сэлам къызихащ. «ЗыкъэзгъэцIыхут, кхъыIэ, хъыджэбз гуапэ», - солъэ­Iу абы. «Сэ сыадыгэщ, Къэшэж Инал срип­хъущ, къызэрызэджэр Иннэщ», - жэуап къетыж хъы-джэбзым. «Си гуапэщ», - жысIа къудейуэ, зэхуэсым дыкъезыджэж уэзджынэр зэхызохри, си гъусэу нэтIысыну ар изогъэблагъэ. Дыщысащ, зэхыхьэм щыжаIэхэм теухуауэ дызэпсалъэу. Пэжыр жысIэнщи, хъыджэбз зэкIуж нагъуэр, 8-нэ классым иджыри щIэсу урысыбзэкIэ усэ тхын щIэзыдзар, сымыцIыхущэми, а пщыхьэщхьэм си гум дыхьат. ЗанщIэу къызгурыIуат,зэман дэкIмэ, а адыгэ пщащэр урыс усыгъэм и вагъуэщIэу къызэрылыдынур. ЗыхэсщIат абы и адэжь лъахэр - Европэм щынэхъ лъагэ Iуащхьэмахуэр, ауз, гуэл, псыежэх хьэлэмэтхэр зиIэр - фIыуэ зэрилъагъури. Хьэуэ, илъагъу къудейм къыщымынэу, ар игъащIэ псокIи и IэдакъэщIэкIхэм щиIэтынут. Сегупсысат хъыджэбзым зыкIи къемыхьэлъэкIыу цIыху куэд къызэкIуалIэ зэхуэсхэм я режиссёруи сценаристуи зэрыувыфынум, апхуэдэ IуэхухэмкIэ сэбэп къызэрытхуэхъуфынум. «Иннэ, театрымкIэ институт гуэрым режиссёр IэщIагъэм ущыхуемыджауэ пIэрэ?», - сеупщIащ. «Хьэуэ. Сыт а упщIэр къызыхэпхар?» - зэкIэлъигъэпIащIэу жэуап къетыж. «Ди министерствэм иригъэкIуэкI зэхыхьэхэм я нэхъыбэм усыгъэ хэмыту, фIыуэ зэхэгъэува сценарийкIэ мыухуауэ хъуркъым. Ди лъахэ цIыкIум дикIыурэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и литературэмрэ гъуазджэмрэ я махуэхэр нэгъуэщI республикэхэм, крайхэм, областхэм щIэх-щIэхыурэ щыдогъэкIуэкI. КъызэрысщыхъумкIэ, уэ сэбэпышхуэ укъытхуэхъуфынут. Утегушхуамэ, апхуэдэ зэхыхьэхэм деж укъедгъэблэгъэнт, Iуэхур къызэгъэпэщыныр, егъэкIуэкIыныр уи IэмыщIэ илъыну». Зи гугъу сщIыр хъыджэбзым гуапэ дыдэ щыхъуащ: «СэркIэ ар пщIэшхуэщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым папщIэ лэжьыгъэ гуэр зэфIэсхыныр си дежкIэ хъуэпсапIэщ», - жеIэ абы. Мазищ дэкIауэ, Осетие Ищхъэрэм дыкIуэным тхьэмахуэ иIэу (Къэбэрдей-Балъкъэрым и литературэмрэ гъуазджэмрэ я махуэхэр щекIуэкIынут), Иннэ деж сопсалъэ. Ар хъыбарым щыгуфIыкIащ икIи пщэдей нэхъ пIалъэ имыIэу къызэрыкIуэнур жиIащ. Иннэ и псалъэм епцIыжакъым. Минводы къалэм и аэропортым деж абы дыщыпежьэри къедгъэблэгъэжащ. КъыкIэлъыкIуэ махуэм икIэщIыпIэкIэ ар и лэжьыгъэм иужь ихьащ. УзэрыщыгуфIыкIынти, абы пшыхьым хуигъэхьэзыра сценарийм арэзы укъэзымыщI зыри хэттэкъым. Осетием гуапэу къыщытIущIащ. Иннэ и лэжьыгъэр дагъуэншэу къехъулIат. Осетием дыкъикIыжа нэужь, и адэр къыщалъхуа къуажэм, Къармэхьэблэ, Иннэ тшащ, и Iыхьлыхэм ябгъэдэсри, етIуанэ махуэм Москва едгъэжьэжащ (и лэжьыгъэм пэкIуэ уасэри тIихатэкъым). Илъэсхэр кIуэрт, щIыналъэхэм ди зэныбжьэгъугъэр едгъэфIакIуэу зыр адрейм деж деблагъэрт. Къэшэж Иннэ ди гъусэу щыIащ Дон Iус Ростов, Винницэ, Мейкъуапэ, Мэхъэчкъалэ, Грознэ, Липецк, Черкесск, нэгъуэщI къалэхэми. Ди лъэпкъыр ирипагэ хъунущ усэ купщIафIэхэр абы къыхуэзыгъэна и пхъум. И щIыналъэм пэжыжьэу псэуами, абы нэхъ хэкупсэ уигъэлъы-­хъуэнт. Гъуэтыгъуей хъунущ Кавказым Иннэ хуиусахэр зигу иримыхьын. 1961 гъэм, и ныбжьыр илъэс 17-м иту, Иннэ итхауэ щытащ «Возьми меня в Балкарию!» усэр. Куэд дэмыкIыу ар, композитор цIэрыIуэ Къашыргъэ Билал и фIыгъэкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым фIыуэ щалъагъу уэрэдхэм яхэхуащ… КъБАССР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, усакIуэ Къэшэж Иннэ къызэралъхурэ илъэс 65-рэ зэрырикъум теухуауэ 2009 гъэм мазаем и 20-м къызэрагъэпэщауэ щытащ фэеплъ пшыхь дахэ. Литературэдж, философие щIэныгъэхэм я доктор, профессор Эфендиев Сэлихь абы щыжиIат: «Зыми емыщхь усакIуэт, лэжьакIуэ псэемыблэжт Къэшэж Иннэ. Дауэ хузэфIэкIат Москва къыщалъхуа, къыщыхъуа хъыджэбзым апхуэдэу гъунэгъуу адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ я щэнхабзэр зыхищIэныр?! ГъэщIэгъуэныщэщ абы и усэхэм къыщыIэта гупсысэхэр. Иннэ зэхуэдэу фIыуэ илъагъурт адыгэри балъкъэрри. Абы итха «Возьми меня в Балкарию!» усэр и лъабжьэу Къашыргъэ Билал дунейм къытригъэхьа уэрэдым седэIуэхункIэ, къысхуэмыIуэтэну гурыщIэхэм сызэщIаIэтэ. Балъкъэр лъэпкъым дежкIэ а уэрэдыр дамыгъэ лъапIэщ». Къэшэжыр ирипагэрт усакIуэ-тхакIуэ Iэзэхэу ЩоджэнцIыкIу Алий, КIыщокъуэ Алим, Кулиев Къайсын, Зумакуловэ Танзиля, ЩоджэнцIыкIу Iэдэм, Балъкъэр Фоусэт, Бицу Анатолэ, Ацкъан Руслан, Гуртуев Сэлихь, Къэрмокъуэ Мухьэмэд сымэ хуэдэхэр, нэгъуэщI куэди Къэбэрдей-Балъкъэрым къызэрыхэкIам. Лъэпкъхэм я литературэр зэфIэзыгъэувахэм я IэдакъэщIэкIхэр Иннэ урысыбзэкIэ зэридзэкIыурэ союзпсо утыкум ирихьауэ щытащ. И усэ къеджэкIэр-щэ? Сэ слъэгъуат абы Литераторхэм я унэ нэхъыщхьэм зыкъызэрыщигъэлъагъуэр: ар зы телъыджэ гуэрт. Дэтхэнэ усэ сатырри псалъэри абы и псэм пхигъэкIырт. Иннэ и усэхэмкIэ совет композитор цIэрыIуэ куэдым уэрэдхэр ятхащ. Абыхэм ящыщу я цIэ къиIуапхъэщ Фельцман Оскар, Френкель Ян, Островский Аркадий сымэ. Уэрэдхэр ягъэзэщIащ Зыкинэ Людмилэ, Кобзон Иосиф, Тут Заур, Магомаев Муслим, Ротару Софие, Кристалинская Майе, Лещенкэ Лев, нэгъуэщI куэдми. Къэшэжым зэман къигъуэтырт жылагъуэ лэжьыгъэхэми хэтыну. И щIалэгъуэм щыгъуэ ар хагъэхьащ ВЛКСМ-м и Москва къалэ комитетым, апхуэдэуи литературэ-художественнэ журнал зыбжанэм я редколлегием хэтащ. Зи анэр пасэу дунейм ехыжа Къэшэж Иннэ и иужьрей илъэсхэр гугъу дыдэу ирихьэкIащ. Закъуэныгъэм зэи псэр игъэтыншыркъым. Си жагъуэ мэхъуж Иннэ щылIа махуэм сызэрыримыхьэлIар. Апхуэдэу хъуами, гъащIэ къысхуиухам ар си гум гуапэу зэрилъынур хьэкъщ. Иннэ и фэеплъу, нэхъ лъапIэ дыдэу сохъумэ «На розовом коне» и усэ тхылъыр. Абы зэгуэр усакIуэшхуэм къысхутритхауэ щытащ: «Ди нэ-хъыжь лъапIэ Джылахъстэн Къасым и къуэм хузогъэхь, ар мыхъуамэ, мы гъащIэм гуапагъэр щытепщэнтэкъым (1987 гъэ гъатхэпэм и 23. Москва)». ЕФЭНДЫ Джылахъстэн, Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м щэнхабзэмкIэ и министру 1963 - 1984 гъэхэм щыта, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и Налшык къудамэм и тхьэмадэ. Уэгум и цIэр щолыд Къэшэж Иннэ апхуэдизкIэ гъащIэр фIыуэ зылъагъу икIи абы сыт и лъэныкъуэкIи екIу, куэдрэ псэуну зыхуэфащэ цIыхути, гугъут ар дунейм темытыжу уи нэгу къыщIэбгъэхьэну. АтIэми абы и ныбжьэгъу дыдэу щытахэм Иннэ далъагъурт ар сыт щыгъуи жану, щхьэх имыщIэу, псэуныгъэм щыгуфIыкIыу, цIыхухэр фIыуэ илъагъуу, имылъагъу щыIэми, хэIущIыIу имыщIу дунейм зэрытетыр. ИННЭ сэ япэ дыдэ сыхуэзауэ щытащ 1962 гъэм и шыщхьэуIу мазэм Налшык къэкIуэжауэ. КъыщIэкIуэжари и япэ тхылъыр, «Вольный Аул» зыфIищар, къыдэкIауэ арат. Тхылъыр тыкуэнхэм щIалъхьа къудейт. Сэ ар къэсщэхуну сыщIыхьат сыщылажьэ «Совет щIалэгъуалэ» газетым и редакцэм пэгъунэгъу, Головком и уэрамым тет тыкуэным. Абы цIыху куэд щIэтт, усакIуэ Щомахуэ Амырхъанрэ сымыцIыху, иджы япэу слъагъу хъыджэбз Iэпсыгъуэлъэпсыгъуэрэ яхэту. Абы зэпымыууэ зыгуэрхэр тритхэрт, Iэ тридзэрт цIыхухэм къыхуаший цIыкIум, «Вольный Аул» зытетым. Дауи, ар тхылъыр зытхарт, Къэшэж Иннэт. Сэри зы тхылъ къасщтэри хуэсшиящ, си цIэ-унэцIэри жесIащ. Абы тхылъым псынщIэу тритхащ: «Борису Кагермазову. Спасибо, что любите, читаете и слушаете стихи! И. Кашежева. 21 августа 1962 г». Ар къыщызитым, Щомахуэм жеIэ: «Иннэ, мыр ди адыгэ усакIуэ щIалэщ». Иннэ Iэнкун къохъу. «Ар сщIатэмэ, нэгъуэщI зыгуэр тестхэнтэкъэ тхылъым», - жи. «Упсэу, фIы дыдэу схутептхащ», - жызоIэри си Iэр хузоший. Апхуэдэу дызэроцIыху, иужькIэ зэныбжьэгъуфI дызэхуохъу, езыр Налшык къакIуэми, сэ Мэзкуу сыкIуэми Iэмал имыIэу дызэхуэзэу. Иннэ си усэхэр урысыбзэкIэ зэридзэкIырт. А Iуэхур абы хъарзынэ дыдэу къехъулIэрт. «Борис, уэрэ сэрэ ди хьэл-щэныр куэдкIэ зэтохуэ, арауэ къыщIэкIынщ уи усэхэр зэздзэкIыну щIысфIэфIыр, ахэр си псэм щIыпэгъунэгъур», - жиIэрт абы. Мэзкууи Налшыки урысыбзэкIэ къыщыдэкIа си тхылъхэм зыри яхэткъым Къэшэжым зэридзэкIа усэ гупхэр зэрымыт. Абы щыгъуэми зы редактори къэувакъым ахэр тэмэму зэдзэкIа мыхъууэ жызыIа. Апхуэдэу дызэдэлэжьащ Иннэ псэуху. Иужь дыдэу абы си усэ зыбжанэ зэридзэкIри къысхуигъэхьыжауэ щытащ 1998 гъэм. Иннэ ауэ къызэрыгуэкI усакIуэу щытакъым. Ар и ныбжькIэ щIалэ дыдэ пэтми, зи зэфIэкIыр, зи зэчийр пасэу къэзыгъэлъэгъуэфа усакIуэ Iэзэт. Ар ящыщащ «шестидесятники» жыхуаIэу хыщI гъэхэм ди къэралми, нэгъуэщI щIыпIэхэми зи цIэр ину щыIуауэ щытахэм. Сэ Мэзкуу сыкIуауэ мызэ-мытIэу сыщыIащ абыхэм ирагъэкIуэкI усыгъэ пщыхьэщхьэхэм. Псом хуэмыдэу апхуэдэ зэIущIэхэр цIыху куэд дыдэ кърихьэлIэу щекIуэкIырт Политехническэ институтым. ЩIэсхэм Iэгуауэшхуэ хуаIэту я усэхэм къеджэрт Евтушенкэ Евгений, Вознесенский Андрей, Ахмадулинэ Беллэ, Рождественский Роберт, Къэшэж Иннэ, Казаковэ Риммэ, Окуджавэ Булат сымэ. Сэ хуабжьу сригушхуэрт апхуэдэ щIыхь адыгэ пщащэм езым и творчествэмкIэ къызэрихьым, кIуэ пэтми ар цIэрыIуэ дыдэ зэрыхъум. А цIэрыIуагъэм нэхъри зиIэтынымкIэ, зиубгъунымкIэ мыхьэнэшхуэ яIащ абы и псалъэхэр щIэлъу композитор Iэзэ куэдым ятха уэрэдхэм. ­Къапщтэмэ, Фельцман Оскар, Френкель Ян, Островский Александр, нэгъуэщIхэми макъамэ зыщIалъхьа уэрэдхэр ягъэзащIэрт Кобзон Иосиф, Лещенкэ Лев, Кристалинская Майе, Пугачевэ Аллэ, Магомаев Муслим сымэ, нэгъуэщI уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ куэдми. 1968 гъэм и гъэмахуэм Иннэ Налшык къэкIуат, и ныбжьэгъу усакIуэ Казаковэ Римми къыздишэри. Абыхэм я мурадт ди республикэм зэIущIэ зыбжанэ щрагъэкIуэкIыну. Ди ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм си пщэ кърилъхьат сэри абыхэм срагъусэн хуейуэ икIи машини къыдатат. «Абы щыгъуэм, фэ фыарэзымэ, зэIущIэхэр къыщыщIэддзэнщ сэ сыкъыщалъхуа Лэскэн ЕтIуанэ къуажэм», - яжесIащ хьэщIэхэм. Ахэр занщIэу арэзы хъуащ. Пщэдей хуэдэм дежьэну, ди къуажэ унафэщIхэм хъыбар изогъащIэ, хьэщIэ си гъусэу сынэкIуэжынущ, жызоIэри. ЕтIуанэ махуэм, шэджагъуэ мыхъуу, дыщынэсам, ЩэнхабзэмкIэ унэм цIыхур щIэзу щIэсу къыщытпэплъэрт. Си къуажэгъухэм хьэщIэхэр езгъэцIыхури, зэIущIэм щIэддзащ. ИгъащIэм иджыт Мэзкуу щыщ усакIуэ (абы щыгъуэми тIу хъууэ, тIури бзылъхугъэу) ди къуажэ къэкIуауэ усэ къеджэу щызэхахыр. Iэгуауэшхуэм щIэту екIуэкIащ зэIущIэр, Лэскэн гъэхьэщIэкIэуи дыкъагъэхьэщIэри, дыкъежьэжащ. Слъагъурт Инни Римми икъукIэ арэзы зэрыхъуар. А зэIущIэр куэдрэ игу къигъэкIыжырт Иннэ. Абы теухуауэ усэ зыбжани итхыжат. «Не стареет дружба никогда» усэм мыпхуэдэу щыжиIэрт: «Это юность раздвигала тюрьмы стен, Как гудел, плясал и пел Лескен!». НэгъуэщI усэм щитхащ: «Гармошка играла в Лескене И песней встречала гостей»… Илъэс куэд дэкIауэ а зэманыр сигу къэкIыжри, Иннэ хуэгъэзауэ 1994 гъэм стхыгъащ «Лэскэным и хьэщIэ» усэр: КъыщыIурт пшынэбзэр Лэскэным, УэрэдкIэ къыпежьэу хуэкIуам. КъыфIэщIт и Iэпкълъэпкъыр лъэтэну И макъ зи тхьэкIумэ иIуам. Уэ хьэщIэу усшати ди къуажэ, Плъагъу псори сфIэфIт уигу ирихьам… Нэхъыжьхэм уэ жьантIэм удашэ, Гуапащэуи къуахыр сэлам. Къэшэжхэ зыцIыхуи къахокIыр, КъыпхуащI уи адэшхуэм и гугъу, Уи тхылъи еджахэу къыщIокIыр, Къохъуэхъухэр: «Уи гъуэгур кIыхь ухъу!» Из дыдэу махъсымэр, уэ фалъэ Къуатащи, Iэнкуну ущытщ, ИтIанэ жыбоIэ уи псалъэ: «Узыншэу Лэскэныр фыщыт!» Уи усэр къыщоIур си лъахэ, Тхьэрыкъуэу уэгу хуитым йохьэж… Яхэзбжэу нэхъыфIхэу блэкIахэм, А махуэр си нэгу къыщIохьэж. КъысфIощIыр иджыри дыщIалэу, ТлъэкIыну аргуэру дыкIуэн, ЗэщIыгъуу, дгъэуву дэ пIалъэ, Уэ уигу къинэжа си Лэскэн. Инни сэри хуабжьу дгъэлъапIэрт ди зэныбжьэгъуныгъэр. Си щIалэ нэхъыжьыр къалъхуа нэужь, Иннэ хуэстхауэ щытащ абы и адэ Инал и щIыхькIэ си къуэм а цIэр зэрыфIэсщар. Куэд дэмыкIыу абы къысхуитхыжа письмом итт: «Борис! Уэ уощIэ сэ сыт щыгъуи ныбжьэгъуфIу узбжу зэрыщытар. Ауэ уи письмом Инал цIыкIу теухуауэ къиптхам сыкъеджа нэужь, дяпэкIэ узэрыслъытэнур си дэлъхуущ. ФIыщIэ фхузощI, Борис, уэри уи щхьэгъусэ Майи» (ар Иннэ ицIыхурт, ди хьэгъуэлIыгъуэм хэтат, Мэзкуу нэс къикIри). Иннэ и ныбжьэгъу нэхъыжьхэми пщIэ къыхуащIу, зэчий бгъэдэлъыр ягъэлъапIэу щытащ. Абыхэм ящыщт Щипачёв Степан, Окуджавэ Булат, Антокольский Павел, ди тхакIуэхэу Кулиев Къайсын, КIыщокъуэ Алим , Макитов Сэфар. Абыхэми, нэгъуэщIхэми псалъэ гуапэ хужаIащ Иннэ и усыгъэхэм. Къэшэжыр къэрал куэдым щыIащ, и усыгъэ пшыхьхэр иригъэкIуэкIыу. Иннэ а Iуэхум хуэIэзэт. Ар фIы дыдэу къеджэжырт езым и усэхэм. Тыншу къыдихьэхырт абы едэIуэну къызэхуэсахэр. Апхуэдэ пщIэ, щIыхь къыхуащIу, фIыуэ ялъагъуу куэдрэ къекIуэкIа усакIуэр къыхохутэ дунейкъутэжым - СССР-р щыщымыIэж, цIыхугъи, хабзи, щэнхабзи зыри щыхуэмеиж лъэхъэнэм. Ар Иннэ зэсам, къызыхэхъукIам зыкIи ещхьыжтэкъым. Абы хуабжьу нэщхъей ищIат Къэшэжыр. ПсэкIэ зыхищIэрт щэнхабзэри литературэри цIантхъуэу пэкIэ зэрыщIихуар. Ар и нэгу щIэкIат а гъэхэм абы деж щIэх-щIэхыурэ кIуэуэ щыта и дэлъху Къэшэж Исмел. Абы игъэгузавэрти, Исмел жэрдэм къыхелъхьэ Къэшэж лъэпкъым Иннэ къраджэжу ягъэлъэпIэну, ягъэгушхуэну. 1998 гъэм и гъэмахуэу зы пщэдджыжь гуэрым Иннэ ди унэ къопсалъэ: «Борис, Налшык сыкъэкIуауэ Исмел деж сыщыIэщ. ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм ди ныбжьэгъухэми езгъэщIэну сыхуейкъым сыкъы-зэрыкIуар. Уэри зыми жумыIэ. Исмелрэ сэрэ дыппоплъэ, къакIуэ». Иннэ къыумыцIыхужыным хуэдэу Iей хъуат. «Аварием сыхэхуэри сысымэджащ, - жиIащ. - Пщэдей ди лъэпкъым, Налшык дэсхэми Дзэлыкъуэ куейм исхэми, срагъэблагъэри, си гъусэу накIуэ, си гуапэ къэпщIыну ухуеймэ». ЕтIуанэ махуэм докIуэ Дзэлыкъуэкъуажэ. Абы щызэхуэсат Къэшэж лъэпкъыр. Машинэ зытхухым дотIысхьэри Тамбукъан гуэлым и Iуфэ мэзым, тхьэлъэIур щекIуэкIынум, дынос. Абы Iэнэ кIыхьышхуэ щаухуакIэт, я нышхэри хьэзыр хъуауэ дрихьэлIат. Хуабжьу нэжэгужэу, джэгушхуэ ящIауэ, Иннэ хъуэхъухэр хуаIэту, IэплIэ-бакIэ щIагъанэу зэхэсащ Къэшэжхэ. Абы щыгъуэ, дауи, зымиигу къэкIыххэртэкъым я шыпхъу зэчиифIэр иужь дыдэу ялъагъужу. ИлъэситI дэкIри, Мэзкуу къикIащ Иннэ зэрыщымыIэжым и хъыбар гущIыхьэр. Ар щызэхэсхам икъукIэ си жагъуэ хъуат жысIэмэ, зыри жызмыIа хуэдэщ: сэ куэдрэ сиIыгъащ а гуауэм. Абы къыхэкIащ Иннэ и фэеплъу 2000 гъэм стха мы усэр: Сыт хуэдиз къимыпсэуами цIыхум, ИлэжьамкIэ хъуркъым арэзы, - Къытенауэ фIощIыр куэду щIыхуэ, ИщIэфауэ щытми хуэщIэн зылI. ГъащIэ мащIэу, Иннэ, ущытами, ЛъэужьыфI плъэкIащ уэ къэбгъэнэн. Уи къарур уи Iуэхум иумытауэ ЖиIэу, хэт уэ къыпхуищIын губгъэн?! Ущытащ си дежкIэ шыпхъум хуэдэу, Арщ дэлъху папщIэу псэкIэ ущIэзгъейр. ГукъэкIыж гурыхьхэр сэ си куэду Щытми, нобэ ахэм сащI нэщхъей. Уи лIэныгъэм гуауэ дэдгъуэтауэ, Дыроплъэж иджы уи гъащIэ гъуэгу… Уэ пхэлъа Iэзагъэм иIэтауэ, Уи цIэр лыду итщ усыгъэ уэгу. КЪАГЪЫРМЭС Борис. 2009 гъэ СлъэмыкIыу сохьыр сэ гугъу Къэшэж Иннэ и усибл, Бицу Анатолэ зэридзэкIауэ * * * Си адэм и хэкужь, Си лъахэу Къэбэрдей, Уэращ сэ си гуфIэгъуэр, уэрщ си гуауэр. Дапщэщ нэзгъэзэжын слъэкIыну сэ уи дей? Сызэрыпсэури сыппэIэщIэу дауэ? Си напIэр зэтеслъхьам, сэ къыщIохьэж си нэгу Си сабиигъуэр щызгъэкIуа къурш лъапэр: Къуажэшхуэм къыщхьэщытщ ЩхъуантIабзэу джабэ нэкIу, Абы щохъуакIуэр куэду мэл - ЩащI кIапэ. Плъыр сакъыу Iэщым хэтщ мэлыхъуэ щIалэ гуэр, УэрэдкIэ йобзэрабзэ ар уэгу къащхъуэм; Уэрэдым сыщIодэIу - Къысхелъхьэ къару уэр, Сыкъохъур сылъэтэным хуэдэу пцIащхъуэу… Уемышу къиш уэрэд, мэлыхъуэ щIалэ ес, Си деж къэIусри ищIу си псэр махэ. Зэхэсхмэ сэ уи макъ, мы си гур мафIэм ес, Мычэму ар хуопабгъэ адэжь лъахэм! Уэрэдым иубзыхунщ, сэ сощIэ, си пщэдейр. Абы сытришэнщ сэ гъуэгу, гумащIэу… Сызэрыпсэур сэ дауэ уэ ппэIэщIэу Си адэм и хэкужь, Си лъахэу Къэбэрдей?! * * * Лэкъум сигу къохьэ, адыгэ лэкъум, Зэгуэр сянэшхуэм схуищIу щытам ещхьу. ЩIым ерыскъыуэ щапщэфI псоми я щхьэу КъысфIощIри - СшхынкIэ ар сримыкъун! Лэкъум сигу къохьэ, хъурей дахэу щIауэ, Плъыжьыбзэу жьауэ нартыху лэкъум IэфI. ИIыгъыу ар сянэшхуэр къыспежьауэ Си сабиигъуэм сепщIыхьын сэ сфIэфIщ. Си сабиигъуэу сэхуран дагъэмэ, Жьэгу Iугъуэ гуакIуэм и мэ къызыпих, Сыт хъунт зы махуэ узиIэжыгъамэ, АрщхьэкIэ сыноджакIэ - Зэхыумых! Псы хуэлIэу гъуэгурыкIуэ итым къум, Хуэдабзэу нобэ лэкъум IэфI сигу къохьэ. Ауэ сянэшхуэм мэсеиж и кхъащхьэр, Си анэм ар щиIуэхукъым ди къалащхьэм, Сэращи - Сэ схуэпщэфIыркъым лэкъум. * * * АдыгэлIым и лIыгъэр Гъунапкъэншэщ - гъэунэху. АдыгэлIыр цIыхугъэрщ Зыхуэпсэур, псэуху. Лей зыгуэрым къылъысу Илъэгъуауэ блэмыкI. Хуейщ текIуэни хейр мысэм, Къимыгъанэ хулъэкI: Iуэху и куэдми пIащIэгъуэу, IэщIыб псори ищIынщ, Ныбжьэгъу нэсу бдэщIыгъуу Бий нэхъ гуащIэм IущIэнщ… ТкIийми хьэлкIэ, псэ гуапэщ. ЦIыху зи жагъуэм щымыщ. Адыгагъэрщ и напэр, ХьэщIэр зыми пимыщI. Ухуеблагъэм и унэ, Арщ хуэпщIауэ нэмыс. Зэтетыххэщ и Iэнэр, Дыхьи жьантIэм хуэтIыс. Уалъагъуну къыщIыхьэм УагъэщIэнкъым уэ зэш. Игу бысымым удыхьэм, УищIыфынущ и къуэш. Пшынэм щIидзэм бзэрабзэу - Япэ къафэр ууейщ. Джэгу хуамыщIу мыхабзэ ЯгъэхьэщIэу шууей. Уежьэжыну уфIэфIмэ, Ар тхьэмадэм еIуэкI. Абы ищIырщ унафэр, ЖиIам зыри фIэмыкI. Уи шы IумпIэр яIыгъыу УитIысхьэнщи уанэгу, КъыпхуащIауэ куэд тыгъэу Пыпщэжынкъэ уи гъуэгу… АдыгэлIым и лIыгъэр Гъунапкъэншэщ - гъэунэху. АдыгэлIыр цIыхугъэрщ Зыхуэпсэур псэуху. * * * Уэ, гъэмахуэр къэсам, укъысIуощIэ, Удз гъэгъахэр имыхуэу уи куэщI. Уи къурш уардэхэм тхъуащ я щхьэр хужьу, Уи щIалагъ уэ итIани мыкIуэщI. Уи аузхэм дэмыкI пшынэ макъыр - Уи Iэщыхъуэхэм замыгъэзэш. Бгырысылъэр абыхэм мы си пкъым Къафэ жанхэмкIэ къыщагъэуш. Сэ уи тафэм щоув быдэу си лъэр, Сытри сфIощIыр мыбдеж щыслъэкIын. Iуащхьэмахуэщи лIыгъэм и пщалъэр - И щыгу лъагэм абы сыдэкIынщ. Къэбэрдей, уэ сурипхъущи - согушхуэ. Къыздалъагъуу сопсэур уи хьэл: Си псэм хэлъщ я ткIиягъыр уи къуршхэм, Я гуапагъ уипс Iущащэхэм хэлъщ. * * * СыщIикъузэу быдэу мылу и бгъэ щтам, Гуауэ щIыIэм куэдрэ IэплIэ къызешэкIыр. Абы зыщи щиIэр сыкъыIэщIэзычу - Зи щIымахуэр хуабэу зи гъэмахуэр пщтыр Си адэ хэкужьыр си гум къызогъэкIыр. Сыпэлъэщкъым жысIэу Iуэху зызэспщытам, Сэ Iэнкун сыщохъур мы гъащIэм тэлайкIэ. Сихъумэн абдежи а зырщи зылъэкIыр - Зи щIымахуэр хуабэу зи гъэмахуэр пщтыр Си адэ хэкужьыр си гум къызогъэкIыр. Сригушхуэу гъащIэм арщ сэ къызитар, Арщ къызэтэу сиIэр лIыгъэкIэ щIэмычэу. Сыт хуэдэ гугъуехьми сытекIуэн сэ слъокIыр - Зи щIымахуэр хуабэу зи гъэмахуэр пщтыр Си адэ хэкужьыр илъщи сигу имыкIыу. * * * ПсыкIэху и Iуфэм нэщхъыфIэу дыIуту, - Арат илъэс пщыкIуийм ди ныбжьыр иту, - Темытт дунейм зи гугъу дэ тIум дымыщI, ЩымыIэу тлъэмыкIыни зы къытфIэщIт. ПсыкIэху ежэхт, толъкъунхэр здырихьэхыу, СыщIэплъэрт сэ уи нитI сыдэзыхьэххэм. Уи нитIым си псэр Iэджэм щагъэгугът, Шэч къытепхьэну ди насыпми гугъут. ЦIыху гъащIэ кIэщIым и фIыпIэ илъэсхэу А зэман дахэм - дэ ди щхьэм къитIэсрэт Пэ зиIэм кIэи иIэн зэрыхуейр?! Шынагъуэ лъэпкъ пэмыплъэт си псэ хейр. ИмыщIэт щыIэу абы нэщхъеягъуэ, ИмыщIэт бзэхыж хабзэу лъагъуныгъэр, ИмыщIэт и хьэлъагъыр закъуэныгъэм, Зи Iэужь псори къэлъэлъэжа гугъэм… ПсыкIэху и Iуфэм нэщхъыфIэу дыIутт. Илъэс пщыкIуийм ди ныбжьыр иту арт. * * * Сыхуейуэ си блэкIа гъащIэм ФIы гуэркIэ сщIыну и гугъу, Къалэмыр къэзгъэIэгъуащи - СлъэмыкIыу сохьыр сэ гугъу: ТхылъымпIэ напэ хужьыбзэм Теплъызэу нитIыр сыщысщ. КъэрэндащыкIыр сокъузыр, Си натIэм къокIуэ пщIэнтIэпс. Гупсысэ хьэлъэм сиIыгъыу, Макъыншэу си псэр мэщэIу. ЩысIэщIэкIар щIым щыуагъэу СщIа псоми сфIохъур я щIыIу. Iуэхуншэу схьащ махуэ Iэджэ, Псы Iэджэ пщIэншэу сикIащ. Зэм зэхэсхакъым къызэджэр, Зэм къысхуэмейхэм седжащ. КъысхуэзыщIам гухэлъ къабзэ, Си ауан псалъэ лъысащ. ФэрыщIу къызэубзэрабзэм, СедаIуэу сригъусащ… Сыхуейуэ си блэкIа гъащIэм ФIы гуэркIэ сщIыну и гугъу, Къалэмыр къэзгъэIэгъуащи - СлъэмыкIыу сохьыр сэ гугъу. Сурэтхэм итхэр: 1. Къэшэж Инал къыбгъэдэсщ и щхьэгъусэ Ксениерэ абы и шыпхъу Валентинэрэ. Берлин, 1946 гъэ 2. Иннэ: «Сэ джэдухэр фIыуэ солъагъу!» Налшык, 1951 гъэ 3. Къэшэж Иннэ. Москва, 1974 гъэ 4. Къэшэж Инал - Иннэ и адэр. 1970 гъэ 5. Налшык паркым зыщегъэпсэху, и благъэхэмрэ и ныбжьэгъухэмрэ и гъусэу. 1968 гъэ 6. Къэшэж Иннэ и анэ Ксениерэ и шыпхъу Верэрэ. Бобруйск, 1957 гъэ Зыгъэхьэзырар ТекIужь Заретэщ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "238.txt" }
Гъубжокъуэ Данеттэ и IэщIагъэм хуэпэжщ ГъащIэм дыщрохьэлIэ ди щIэныгъэр, зэфIэкIыр, шыIэныгъэр икIэщIыпIэкIэ къэдгъэсэбэпыну къыщытхуихуэ къэхъугъэ, а щытыкIэм дыкъызэрикIымкIэ Тхьэм дигъэунэху щIыкIэу. Зэраубзыхуам тету Налшык - Москва авиарейсым уафэгум зыщиIэта щхьэкIэ, абы ис псори зыпэмыплъа гузэвэгъуэ къалъыкъуэкIащ – кхъухьлъатэм ис бзылъхугъэм и узыншагъэр зэуэ къызэIыхьащ икIи напIэзыпIэм ар дэIэпыкъуэгъу псынщIэ хуэныкъуэ хъуащ. - Кхъухьлъатэм дохутыр ис? - упщIэр хьэуам хэпщIащ. ДэIэпыкъуныгъэ лъыхъуэм асыхьэту пэджэжащ Пирогов Николай и цIэр зезыхьэ РНИМУ-р къэзыуха, ди республикэм щыщ Гъубжокъуэ Данеттэ. И щIэныгъэмрэ къарумрэ шэч къытримыхьэу, зы мэскъалкIи мыгупсысэу, Данеттэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэ хуей хъуа бзылъхугъэр къригъэлащ икIи кхъухьлъатэ Воронеж деж IэмалыншагъэкIэ щагъэтIыса нэужьи къыбгъэдэмыкIыу абы и нэIэ тригъэтащ. Данеттэ и IэщIагъэмкIэ къылъыс жэуаплыныгъэр зэрызыхищIэмрэ Гиппократ хуищIа тхьэрыIуэмрэ зэрахуэпэжым я фIыгъэкIэ бзылъхугъэр къелащ! Апхуэдэ щIалэгъуалэхэрщ щIэблэм я щапхъэр, республикэм и пщIэр зыIэтыр, къэкIуэнур зейр! ТЕКIУЖЬ Заретэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2380.txt" }
Сабийхэм я Iэпэлъагъуэ-тхыпкъылъэ цIыкIухэр Хъыбар гуапэ Бекъул Iэниуар и «Принт центр» тхылъ тедзапIэм иджыблагъэ къыщыдагъэкIащ егъэджакIуэ, тхакIуэ Багъ Марьямрэ абы ипхъу дизайнер ГъущIапщэ-Къандур Томэрэ я Iэдакъэ къыщIэкIа карточкэхэр. КъыдэкIыгъуэ щхъуэкIэплъыкIэр яхуэгъэзащ зи школ кIуэгъуэ мыхъуахэмрэ курыт еджапIэм и пэщIэдзэ классхэм щIэсхэмрэ. НапэкIуэцI 340-рэ хъу Iэпэлъагъуэ-тхыпкъылъэ щхъуэкIэплъыкIэхэм карточки 170-рэ къызэщIаубыдэ. Ахэр зытеухуа и лъэныкъуэкIэ зэрызэщхьэщыхар къагъэлъэгъуащ зэкIэлъыхьа напэкIуэцIхэм я къуапэхэм я плъыфэхэмкIэ. Абы хагъэхьа псалъэхэр бзищымкIэ - адыгэбзэ, урысыбзэ, инджылызыбзэ – къагъэлъэгъуащ, транскрипцэ щIыгъужауэ. Сабийхэм яхуэгъэза лэжьыгъэ щхьэпэм хагъэхьащ адыгэ дамыгъэхэр, бжыгъэхэр, пщалъэхэр, геометрие пкъыгъуэхэр, нэгъуэщIхэри. Iэпэлъагъуэ цIыкIухэр я теплъэкIи, я мыхьэнэкIи узыIэпызышэщ, цIыкIухэр дэзыхьэхынщ. Iэпэлъагъуэ-тхыпкъылъэхэр зыIэрызыгъэхьэнухэр фепIэщIэкI. Ахэр Адыгэ унэ тыкуэным къыщывгъуэтынущ. ТЕКIУЖЬ Заретэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2381.txt" }
КъэзыцIыхуу щытахэм ящыгъупщэркъым Скульптор Iэзэ Уэзы Заурбэч 1931 гъэм Налшык къалэм къыщалъхуащ. I958 гъэм абы къиухащ Саратов дэт художественнэ училищэр. Абы щыщIэдзауэ РСФСР-м и Художественнэ фондым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм скульптору щылэжьащ. I974 гъэм Урысейм и художникхэм я зэгухьэныгъэм хагъэхьащ. XX лIэщIыгъуэм и 50 гъэхэм я кIэхэм щыщIэдзауэ ар жыджэру хэтащ щIыналъэм и художественнэ гъащIэм, республикэм нэмыщI хамэ къэралхэми щекIуэкIа гъэлъэгъуэныгъэхэм и лэжьыгъэхэр утыку щрихьащ. Скульпторым монумент унэтIыныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ. Абы и Iэдакъэ къыщIэкIащ республикэм и къалэхэмрэ къуажэхэмрэ щагъэува фэеплъ зыбжанэ. Апхуэдэхэщ Хэку зауэшхуэм хэкIуэда лIыхъужьхэм я фэеплъ скульптурэу Прохладнэ къалэм, Зеикъуэ, Жэмтхьэлэ, Аушыджэр, Ново-Полтавкэ, Къулъкъужын Ипщэ, Шэджэм, Къызбрун, Курп Ищхъэрэ къуажэхэм, нэгъуэщI щIыпIэхэм щагъэувахэр. И скульптурэ лэжьыгъэхэм къыщигъэлъэгъуэжащ къэралым ис унагъуэхэм зауэм къахуихьа нэщIэбжьэр, хэщIыныгъэр, гузэвэгъуэр. Абы нэхъ къехъулIауэ къалъытэ лэжьыгъэхэм ящыщщ КъБР-м СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ и музейм и фондым щахъумээ, и адыгэ узэщIакIуэ Нэгумэ Шорэ и портрет гъуаплъэм къыхищIыкIар. Ар зэпымыууэ лъыхъуэрт щIыпIэм исхэм ящыщу теплъэ гъэщIэгъуэн зиIэ цIыхухэм икIи апхуэдэхэм я скульптурэхэр ищIырт. Абы ищIащ тхакIуэхэм, архитекторхэм, и лэжьэгъу сурэтыщIхэм, къызэрыгуэкI лэжьакIуэхэм я сурэтхэр. Уэзыр ящыщщ Налшык и щIыпIэ нэхъ дахэхэм ящыщу къалъытэ «Сосрыкъуэ» скульптурэр зыщIахэм. Уэзы Заурбэч къыщIэна лэжьыгъэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и художественнэ щэнхабзэм щыщ Iыхьэщ. Скульпторыр 2018 гъэм дунейм ехыжащ. Ар ящыгъупщэркъым и ныбжьэгъухэм, и лэжьэгъухэм, къэзыцIыхуу щытахэм. ТЕКIУЖЬ Заретэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2382.txt" }
Приречнэ къуажэ цIыкIум къыщыхъуа Егъэджэныгъэ Iуэхум щаIэ ехъулIэныгъэхэм папщIэ 2021 гъэм егъэджакIуэ нэхъыфIу къалъыта, ахъшэ саугъэт зыхуагъэфэща цIыхуи 8-м ящыщщ Сокъур Иннэ. Ар Налшык къалэм дэт гимназие №I4-м инджылызыбзэмкIэ и егъэджакIуэщ. Приречнэ къуажэ цIыкIум (Дзэлыкъуэ районым хохьэ) къыдэкIа хъыджэбзыр зэрыцIыкIурэ и щIэныгъэм егугъуащ, и анэшхуэр егъэджакIуэу зэрыщытара, абы и дерсхэм хигъэгъуазэу хъыджэбз цIыкIур къызэрыхъуара, хэт ищIэрэ, Иннэ къэкIуэнум IэщIагъэ хуэхъуным и гур къыхуэзыгъэушауэ щытар. Ауэ езым зэрызиумысыжщи, егъэджакIуэ хъуныр и хъуэпсапIэ нэхъыщхьэу щытакъым. - Егъэджэныгъэ лэжьыгъэм япэ къэсыр пэмылъэщыну, ар къохъулIэн щхьэкIэ къару ин гуэррэ шыIэрэ пхэлъын хуейуэ къэслъытэрт, икIи сыщыуатэкъым - лэжьэн щIэздзэри ар хьэкъыу спхыкIащ, - жеIэ Иннэ. - Сыщеджа ди къуажэ курыт школыр мыинми (еджакIуэ 300 хуэдизщ щIэхуэр), егъэджакIуэ нэхъыфI дыдэхэр диIащ. Пэжыр жысIэнщи, университетым сыщыщIэтIысхьам, егъэджакIуэ куэдым ягъэщIагъуэрт къуажэ пхыдзам щызгъуэта щIэныгъэр. Ар зи фIыщIэр, шэч хэмылъу, ди школ егъэджакIуэхэм я зэфIэкIыр къызэрыдбгъэдалъхьарщ. Балигъ гъащIэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым зэрыщIэтIысхьэу, Сокъурыр студент гъащIэм жыджэру хэбэкъуащ. И зэфIэкIым гъуни нэзи зэримыIэм и щыхьэтт етIуанэ курсым щегъэжьауэ театр гупжьей зэхишэу, езыр абы щыактёру икIи щырежиссёру и къэухьым зригъэужь зэпыту къызэрекIуэкIар. Ещанэ курсым Иннэ ФилологиемкIэ институтым и студент советым и унафэщI ящIащ. Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэ зэрызрипщытхэр сэбэп хуэмыхъумэ, я зэран къемыкIыу Иннэ еджапIэ нэхъыщхьэр диплом плъыжькIэ къиухащ. ЯпэщIыкIэ зэдзэкIакIуэу лэжьэну е журналист хъуну гукъыдэжышхуэ иIащ Иннэ. Ауэ инджылызыбзэр апхуэдэ дыдэу зыубгъуауэ республикэм къызэрыщамыгъэсэбэпым къигъэувыIэжащ. Иджы егъэджакIуэ щыхъуам, Иннэ и лэжьыгъэм губзыгъэу къыщегъэсэбэп ныбжьыщIэхэр дихьэхыу зэрыригъэджэну Iэмалхэр. «Театрым ди гъащIэрщ къигъэлъагъуэр. Абы цIыхур егъасэ гущIэгъу хэлъу, гудзакъэ иIэу. Ауэ а псор джэгу щытыкIэм иту. Абы къыхэкIыу сэ егъэджэныгъэ лэжьыгъэм абы и Iэмалхэр хызопщэ, ныбжьыщIэхэм ар щIэщыгъуэ ящохъу, нэхъыбэ къызэращIэным хуегъэпабгъэ. Ди классыр театр утыку хуэдэщи, абдеж зыщыдогъасэ ди гупсысэхэр, гурыщIэхэр дымыукIытэу къыщытIуэтэфу. Сабий къэс бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэ къыхуэгъуэтын хуейщ, егъэджакIуэм ар гъащIэм лъэ быдэкIэ хигъэувэну хуеймэ. Гимназием лэжьэн щыщIэздза нэужьщ сэ си IэщIагъэм и кууагъыр нэсу къыщызгурыIуар икIи егъэджэныгъэм нэгъуэщI еплъыкIэ хузиIэ хъуащ. Нобэ сригушхуэу схужыIэнущ егъэджакIуэ сызэрыхъуам сызэрырипагэр», - жеIэ Сокъурым. ЦIыхум зэрызиужьым и нэщэнэщ зэхьэзэхуэхэм и зэфIэкI зэрыщеплъыжыр. Иннэ и щIэныгъэр мызэ-мытIэу зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэм утыку къыщрихьащ. Псалъэм папщIэ, курыт еджапIэм лэжьэн зэрыщыщIидзэрэ илъэс ныкъуэ фIэкIа мыхъуауэ, егъэджакIуэ ныбжьыщIэхэм папщIэ къызэрагъэпэщ «Открытие» зэпеуэм и ещанэ увыпIэр абы къихьауэ щытащ. «XXI лIэщIыгъуэм и пашэ» урысейпсо зэпеуэм Иннэ и зэфIэкI щыщеплъыжым, щIыналъэ Iыхьэм хэта цIыху II-м щыщу Москва кIуэну къэзыхьэхуар арат. 2020 гъэм Налшык къалэм щекIуэкIа «Илъэсым и егъэджакIуэ» зэпеуэми абы текIуэныгъэ къыщихьащ. Езым и ехъулIэныгъэхэр къэгъэнауэ, Иннэ нэхъ фIэфIщ и гъэсэнхэм я зэфIэкIым тепсэлъыхьыну. «Нэхъыбэу къыхэзгъэщыну сызыхуейр си еджакIуэхэм ехъулIэныгъэ куэд зэрызыIэрагъэхьэрщ. ИкъукIэ срогушхуэ ахэр зэпымыууэ олимпиадэхэм къызэрыщыхэжаныкIым. Псалъэм папщIэ, Бэрбэч Даянэ тIэунейрэ текIуэныгъэ къыщихьащ школакIуэхэм инджылызыбзэмкIэ я урысейпсо олимпиадэм и щIыналъэ Iыхьэм. КъищынэмыщIауэ, си гур хэзыгъэхъуа Iуэхущ Азаматов Аланрэ Шунгаровэ Данэрэ иджыблагъэ «Большая перемена» урысейпсо зэхьэзэхуэм и кIэух Iыхьэм зэрыхэхуар. Си еджакIуэхэм лъэныкъуэ куэдкIэ заужьын папщIэ, дерсхэр къызэрыгуэкIыу мыхъун щхьэкIэ, инджылызыбзэр джыным нэхъ дезгъэхын мурадкIэ унэ лэжьыгъэу язот яфIэгъэщIэгъуэн Iуэхухэм теухуауэ социальнэ видеороликхэр трахыну. Абыхэм елэжьыху ныбжьыщIэхэм бзэ и лъэныкъуэкIи нэхъыбэ зрагъащIэ, я къэухьми зеужь. Апхуэдэуи фильм кIэщIхэмрэ мультфильмхэмрэ хэт лIыхъужьхэм я макъкIэ инджылызыбзэр зыдогъащIэ», - къыхегъэщ егъэджакIуэм. Иннэ жыджэру егъэлажьэ «Палитра добра» волонтёр гупри. Гимназием епхауэ ар 20I7-20I8 гъэ еджэгъуэм къызэрагъэпэщауэ щытащ, илъэс дэкIа къудейуэ арат а гупыр «Добро не уходит на каникулы» урысейпсо зэпеуэм хэту, и зы Iыхьэм текIуэныгъэ къыщихьам. Абы и фIыгъэкIэ Урысейм нэхъыфIу къыщалъытэ волонтёр гуп 500-м ар хэхуащ. «Ди гупыр жыджэру хэтщ республикэм щекIуэкI Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм, цIыхум и псэуныгъэм епха видеоролик щхьэпэхэр зэхагъэувэ, концертхэр къызэрагъэпэщ, къалэм псапэ зыпылъ Iуэхухэр щалэжь. БАГЪЭТЫР Луизэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2383.txt" }
Зытх Iэмэпсымэхэм къахэхъуащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм гъуэгум зэрыщызекIуэ хабзэр къызэрызэпаудар зытх Iэмэпсымэу иджыри 8 щагъэуващ. КъБР-м щыIэ МВД-м и Къэрал автоинспекцэм къызэритымкIэ Iэмэпсымэхэр щагъэуващ икIи щатх мы щIыпIэхэм: ЯIыгъын хуей хуабжьагъым щыщIрагъэгъур щатх мы щIыпIэхэм деж щагъэувахэм: «Владикавказ – Ардон – Чикола – Лэскэн – Ерокъуэ - Лэскэн ЕтIуанэ» гъуэгум (Лэскэн ЕтIуанэ, Лениным и уэрам, «Кавказ» федеральнэ гъуэгум къыщыдыхьэ лъэныкъуэмкIэ); - «Прохладнэ - Елъхъуэт» Р-290 гъуэгум (Прохладнэ къалэ, «Кавказкабель»-м и Iэшэлъашэм ); - «Владикавказ – Ардон – Чикола – Лэскэн – Ероккъуэ - Лэскэн ЕтIуанэ» гъуэгум (Ерокъуэ къуажэ, Мэсейм и уэрам, 91-нэ унэм деж); «Владикавказ – Ардон – Чикола – Лэскэн – Ерокъуэ - Лэскэн ЕтIуанэ» (Ерокъуэ къуажэм ущыдыхьэкIэ, Мэсейм и уэрамым тет 2-нэ унэм деж); - «Прохладнэ - Елъхъуэт» (Пщыгъуэшым и уэрамым тет псызэхуэхьэсыпIэ чэщанэм деж). Апхуэдэуи гъуэгум и къыхуэкIуэ лъэныкъуэм техьамэ, зэрызекIуэн хуей псынщIагъ мардэм текIамэ щатх мы щIыпIэхэм: - «Аргудан - Александровскэ» гъуэгум (Аргудан, Александровскэ къуажэхэм я зэхуакум); - «Аргудан - Александровскэ» гъуэгум и 49-нэ километрым (Аргуданрэ Александровскэрэ я зэхуакум). Дыгулыбгъу Жантинэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2384.txt" }
Ди республикэм мэкъумэш IэнатIэмрэ туризмэмрэ зыщаужь Иджыблагъэ ди лъахэм къыщызэIуахащ технологиещIэхэмкIэ узэда пхъэщхьэмыщхьэ хъумапIэрэ иджырей турист комплекс инрэ. Проектхэр ягъэзэщIащ «Агрохолод», «Верхние Голубые озера» АО-хэм, абыхэм я дэIэпыкъуэгъуу щытащ «Кавказ Ищхъэрэм и курортхэр», «Корпорация развития КБР» АО-хэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ IэнатIэхэм, мэкъумэшымрэ туризмэмрэ апхуэдэ инвестицэ проект инитI зэуэ къыщызэIупхыныр куэд и уасэщ. Ахэр фейдэ пылъу лэжьэнымкIэ, дяпэкIи заужьынымкIэ лъэпощхьэпо зыри щыIэнукъым, уеблэмэ туризмэр лъагапIэщIэхэм хуишэнущ, инвестор нэхъыбэ къыдэхьэхынымкIэ сэбэп хъунущ. «Проектхэр хэгъэгум щыпсэухэм я хэхъуэмрэ лэжьыгъэ IэнатIэкIэ къызэгъэпэщынымкIэ сэбэп хъунущ, абы ипкъ иткIэ, псэукIэр ефIэкIуэнри абы елъытауэ жыпIэ хъунущ. А проектым и фIыгъэкIэ IэнатIэу 79-рэ къэунэхунущ. КъищынэмыщIауэ, гъэм и зэманым елъытауэ лэжьакIуэхэр пIалъэкIэ къащтэнущ. ПроектитIми зэхэту сом мелуан 854-рэ трагъэкIуэдащ, абы щыщщ «Кавказ Ищхъэрэм и курортхэм» хилъхьа сом мелуан 3I4,5-ри», - жиIащ «Кавказ Ищхъэрэм и курортхэр» АО-м и генеральнэ унафэщI ТIымыжь Хьэсэн. Пхъэщхьэмыщхьэхэр щахъумэр MARVIL итальян компанием и иджырей технологие IэмэпсымэхэмкIэ узэдащ. Абы щIэт кислородыр зэрымащIэ дыдэм къыхэкIыу химие препаратхэр къагъэсэбэпын хуей хъунукъым. Автоматым зэригъакIуэр хьэуам и хуабагъымрэ псыIагъымрэ я закъуэкъым, атIэ кислородри, азотри, газри зэтреухуэ. Хьэуа здэмыкIуэ хъумапIэм щIэлъ пхъэщхьэмыщхьэхэр "жей" хуэдэщ. Абы и фIыгъэкIэ мыIэрысэхэр илъэсым нэблагъэкIэ хъума хъунущ я фи мыкIуэду, я IэфIагъымрэ сэбэпу хэлъымри хъума хъууэ. ХъумапIэм щыщу къызэIуахащ AWETA голланд компанием къищIигъэкIа пхъэщхьэмыщхьэр зэхидзурэ зэкIуэцIызылъхьэ линиер. Абы зы сыхьэтым къриубыдэу мыIэрысэ тонн 20 щIегъэкI, тралъхьэ пхъэщхьэмыщхьэхэмрэ хадэхэкIхэмрэ я хьэлъагъри ешэч, зы удыни къытемыхуэу ахэр зэхедзри, тыкуэнышхуэхэм зэрашэну ашыкхэм ирелъхьэж. Ухуэныгъэм сом мелуан 6I4-рэ текIуэдащ, «Корпорация развития КБР» АО-м и мылъкуу сом мелуан 235-рэ хилъхьащ, «Кавказ Ищхъэрэм и курортхэм» республикэм щIыхуэу сом мелуан 242, 5-рэ къритащ. Адрейхэр инвесторхэм къыхалъхьащ. А проектым и фIыгъэкIэ лэжьапIэ IэнатIэу 50 къызэIуахынущ. Турист комплексыр Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыпIэ нэхъ дахэ дыдэхэм ящыщ зым и гъунэгъущ. Ар Ипщэ Гуэл щхъуантIэхэм пэмыжыжьэу яухуащ. Абы хохьэ европей мардэхэм изагъэ хьэщIэщыр, гъэмахуэ пэIущIэ утыкушхуэ зиIэ рестораныр, сабий, спорт джэгупIэхэр, хъыбарегъащIэ офис, хьэщIэщ унэ цIыкIухэр, бдзэжьеящэ унэр. Абы пэмыжыжьэу иджыри жыг хадэ ин хасэнущ, жыг зэмылIэужьыгъуэхэр иту, лъэс лъагъуэхэмрэ удз гъагъэ гъэкIыпIэхэмрэ иIэу. Мы щIыпIэм илъэсым и хъуреягъкIэ хьэщIэхэр къригъэблэгъэфынущ. ЩIымахуэм джипхэмрэ уэсым къызэрыщажыхь машинэ цIыкIухэмкIэ туристхэр зыплъыхьакIуэ яшэнущ, иджыпсту - гъэмахуэм - квадроциклкIэ цIыхухэм кърагъэжыхь, катамаранкIэ гуэлым тетщ. ЩIыпIэ дахэр лъэсу е шыкIэ къызэхэпкIухь мэхъу. Шэрэдж аузым иIэщ къыщыпкIухьынрэ узэплъынрэ. Комплексым хэт рестораным кавказ шхыныгъуэхэри, европей ерыскъыхэри щапщэфI, ахэр псори ди лъахэм къыщыкIа, къыщыщIагъэкIа продукцэщ къызыхащIыкIыр, пщафIэ Iэзэхэр кърагъэблэгъауэ щолажьэ. Зи гугъу тщIы проектым сом мелуан 240-рэ текIуэдащ, «Кавказ Ищхъэрэм и курортхэм» щIыхуэу сом мелуан 72-м щIигъу хилъхьащ. Илъэситхум къриубыдэу абы республикэм налогыу сом мелуан 83-рэ къыхуилэжьыжынущ. Комплексым цIыху 29-рэ щолажьэ. НэщIэпыджэ Замирэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2385.txt" }
Дахагъэм, гуапагъэм, мамырыгъэм я джэлэс къалэ Нобэ дгъэлъапIэ махуэшхуэхэм ящыщщ Налшык къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 297-рэ зэрырикъур. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къалащхьэм и тхыдэр жыжьэ къыщожьэ. 1724 гъэм иджы къалэм иубыд щIыпIэм къэбэрдеипщ нэхъ лъэрызехьэхэу Къетыкъуэ Аслъэнбэч, Тэтэрхъан Жамбот, Жанхъуэт Кушыку сымэ я жылэхэр щысу щытащ. Лъэхъэнэм зыдихъуэжурэ 1921 гъэм а щIыпIэр къалэ хъуащ, итIанэ Къэбэрдей-Балъкъэр автоном областым и центрщ, I936 гъэм дыгъэгъазэм и 5-м КъБАССР-м и къалащхьэу яубзыху, 1991 гъэ лъандэрэ Налшык Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэщ. XX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэ хъуа Налшык зыужьыныгъэ гъуэгум тоувэ. Къалэм экономикэ и лъэныкъуэкIэ и Iуэхухэр йофIакIуэ, курорт, промышленнэ IэнатIэхэм гъэ къэс заужьурэ макIуэ. Къапщтэмэ, нобэ ар Кавказ Ищхъэрэм и къалэ, зыгъэпсэхупIэ нэхъыфI дыдэхэм хабжэ. Абы щопсэу ди республикэм цIыхуу исым я процент 33-р. Къыхэгъэщыпхъэщ абы зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу лъэпкъи 100-м нэс зэрыщызэдэпсэур. Шэч хэмылъу, дэтхэнэри иужь итщ и лъэпкъ хабзэмрэ щэнхабзэмрэ зэрихъумэжыным. Ахэр махуэшхуэхэм ирихьэлIэу дахэу утыку кърахьэ зэпытщ. Абыхэм я щэнхабзэ зэмылIэужьыгъуэрщ къалэм и лъабжьэр зыгъэбыдэри лъэпкъ зэхэщIыкIым зезыгъэужьри. Къалэм и зыужьыкIэм укIэлъыплъмэ, гугъапIэфIхэр щыIэщ европэ мардэхэм хуэкIуэу зиузэщIыну. Абы папщIэ ялъэкI къагъанэркъым, къалэ, республикэ тхьэмадэхэм. Псом хуэмыдэу ягъэнэхъыщхьэр къалэдэсхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэнырщ, дэтхэнэми тыншыпIэ къыхузэгъэпэщынырщ. Налшык и тхыдэ къулеймрэ и нобэрей гъащIэмрэ уеплъмэ, наIуэ пщохъу дахагъэм, гуапагъэм, мамырыгъэм я джэлэсу зэрыщытыр. ЛIэщIыгъуэ бжыгъэ зи ныбжь хабзэхэмрэ иджырей зэманым къигъэув мардэхэмрэ дахэу щызэхэухуэна гъащIэм нобэ Налшык щекIуэкIыр. А фIыгъуэ псом я гуащIэ хэлъщ налшыкдэсхэми. ЕхъулIэныгъэфIрэ зыужьыныгъэ екIурэ ди щыхьэрми къалэдэсхэми яIэну дохъуэхъу. НэщIэпыджэ Замирэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2386.txt" }
Нобэ ♦УФ-м щагъэлъапIэ ветеринарым и махуэр ♦Къыргъызстаным и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ. 1991 гъэм абы теухуа унафэ къищтащ Къыргъыз Республикэм и Совет нэхъыщхьэм. ♦Молдовэм щагъэлъапIэ я анэдэлъхубзэм и махуэр. 1989 гъэм молдаванхэм я бзэр латин тхыкIэм техьащ икIи ар къэралыбзэу а щIыналъэм щагъэуващ. ♦Польшэм Зэкъуэтыныгъэмрэ Хуитыныгъэмрэ щамахуэщ ♦Узбекистаным ягу къыщагъэкIыж политикэ залымыгъэ кIэлъызэрахьэу ягъэкIуэдахэр ♦1492 гъэм Москва пщыгъуэмрэ Уэсмэн империемрэ япэ дыдэу зэращIылIащ мамырыгъэ зэгурыIуэныгъэр. ♦1892 гъэм Урысей хьэрычэтыщIэ Третьяков Павел Москва къалэм иритыну мурад ищIащ илъэс куэдкIэ зэхуихьэса художественнэ галереер. ♦1907 гъэм Инджылызым, Франджым, Урысейм къызэрагъэпэщащ дзэ-политикэ зэгухьэныгъэр – Антантэр. Германием, Австро-Венгрием, Италием я апхуэдэ зэгухьэныгъэу 1879 – 1882 гъэхэм зэфIэувам иригъэкIуэкI политикэм пэщIэтын мурадырт абы и къалэн нэхъыщхьэр. ♦1914 гъэм Урысейм и пащтыхь Николай ЕтIуанэм и унафэкIэ Санкт-Петербург къалэм и цIэр Петрограду зэрахъуэкIащ. ♦1925 гъэм СССР-м унафэ къыщыдэкIащ цIыху псоми Iэмал имыIэу пэщIэдзэ щIэныгъэ ягъэгъуэтыным теухуауэ. ♦1935 гъэм Донбасс щыщ шахтёр Стаханов Алексей и IэнатIэм рекорд щигъэуващ - фIамыщIу махуэм къыщIихын хуеям хуэдэ I4-кIэ щIригъэгъуащ. Адрейхэми абы щапхъэ трахащ икIи ар «Стахановым зэхиубла зэщIэхъееныгъэм» и лъабжьэ хъури, къэралпсо зэхьэзэхуэм IэнатIэ псоми зыщиубгъуауэ щытащ. ♦1971 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым Октябрь Революцэ орденыр къратащ. ♦1966 гъэм, нэхъапэм дунейм апхуэдэ къыщымыхъуауэ, компьютерхэр шахмат зэдэгъэджэгунымкIэ зэпеуэ Нью-Йорк щекIуэкIащ. ♦1974 гъэм Алыджым унафэ къищтащ НАТО-м къыхэкIыжыным теухуауэ. ♦1990 гъэм Берлин Iэ щытрадзащ ГДР-р ФРГ-м зэрыгухьэм теухуа зэгурыIуэныгъэм. Абы ипкъ иткIэ нэмыцэ лъэпкъыр зэрыубыдыжащ - зы хъужащ илъэс 40-м щIигъукIэ зэпэщхьэхуэу псэуа къэралитIыр. ♦1994 гъэм советыдзэхэр Германием къишыжыным пыщIа Iуэхухэр зэфIэкIащ. ♦1997 гъэм автомобиль зэжьэхэуэм хэкIуэдащ Инджылызым и пащтыхьыкъуэм и щхьэгъусэ Дианэ. ♦12 гъэм къалъхуащ Урымым 37 – 4I гъэхэм и императору щыта Гай Юлий Цезарь. ♦1749 гъэм къалъхуащ урыс тхакIуэ, усакIуэ, философ Радищев Александр. ♦1902 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, адыгэбзэр джыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа Турчанинов Георгий. ♦1928 гъэм къалъхуащ Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и сурэтыщI Иуан Аслъэн. ♦1928 гъэм къалъхуащ психологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, УФ-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ КIытIэ Ахьмэд. ♦1949 гъэм къалъхуащ дуней псом щыцIэрыIуэ америкэ актёр Гир Ричард. ♦1951 гъэм къалъхуащ урысей кинорежиссёр цIэрыIуэ, УФ-м и цIыхубэ артист Учитель Алексей. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 28 – 29-рэ, жэщым градус 19 – 22-рэ щыхъунущ. Лъэпкъ Iущыгъэ: Мыщэм пщIащэ техуэмэ мэгубжь, жыг техуэмэ зеущэху. Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2387.txt" }
Псоми ди зэхуэдэ къалэнщ Иужьрей илъэсхэм щIэныгъэлIхэр топсэлъыхь Кавказ Ищхъэрэм и псы хущхъуэхэм ягъуэта зэхъуэкIыныгъэхэм. Псом ящхьэр псым хэлъ хущхъуэгъуэхэр хъумэнырщ. «Кавминкурортресурс»-м мы Iуэхум и нэIэ тримыгъэту пхужыIэнукъым. Иужьрей илъэситху-хым къриубыдэу мыхэр пщIэнейрэ къапщытащи, ныкъусаныгъэ лъэпкъ я лъэжьыгъэм хэлъу къагъуэтакъым: псы хущхъуэ къыщIэшыпIэхэр зыхуей хуозэ, къабзагъэ мардэхэм лъэныкъуэ псомкIи тетщ, жьы хъуа бжьамийхэр и чэзум зэрахъуэкI, химие, биологие, радиологие я лъэныкъуэкIэ къэпщытэныгъэу мин 20-м нэс зы илъэсым хуэзэу ящI. АрщхьэкIэ цIыху нэхъыбэ здэкIуэ Нартсанэрэ Псыхуабэрэ щымащIэкъым, зи щытыкIэм жыжьэуи арэзы укъимыщI псы къыщIэжыпIэхэр. Къапщтэмэ, Нартсанэм и псым хэлъ хущхъуэгъуэхэм я процент 90-р «Нарзан» псы къыщIэжыпIэм къыхэкIыу къыIэрохьэ. «Псынэр» зэрычэнжым къыхэкIыу щIэх-щIэхыурэ фIей мэхъу, уз зэрыцIалэхэр къэзыгъэхъей бактерийхэр къыщыхыхьи куэдрэ къэхъуу. Ар нобэ-ныжэбэ къежьа Iуэхукъым. 1936 гъэм япэ дыдэу абы гу лъатауэ щытащ Совет Союзым и минерологхэмрэ гидрогеологхэмрэ. - Ди жагъуэ зэрыхъунщи, а лъэхъэнэм щегъэжьауэ «Нарзан» псым и щытыкIэр екIакIуэ зэпыту макIуэ. Ар къызыхэкI щхьэусыгъуэхэм ящыщщ Нартсанэ и Iэгъуэблагъэхэр цIыхухэм псэупIэ зэращIар, канализацэ хуэIухуэщIэхэр щIыпIэ куэдым зэрыщызэфIэмыхьэр, цIыхухэмкIэ зэран «инертнэ» пкъыгъуэхэр къыщыщIахыу Ясная Полянэ жылагъуэм щыIэ карьерыр, псыпэр къыщежьэ бгылъэ щIыпIэм Къэрэшей-Шэрджэсым щиухуауэ фэм щелэжь цех иныр, нэгъуэщIхэри, - зыжьэу жаIэ геолого-минералогие щIэныгъэхэм я кандидат Бондаревэ Галинэрэ гидрогеолог цIэрыIуэ Супруненкэ Владимиррэ. Псыхуабэ и «Радиоштольня-2» -мрэ «Нарзанымрэ» нобэ нэхъыбэу къызэрагъэсэбэпыр псыхущхъуэ ятIэущ ваннэущ, ари фIыуэ ягъэкъэбза нэужь. Мы псы къыщIэжыпIэр зэрымыкъабзэжыр 1938 гъэм екIуэкIа къэрал къэпщытэныгъэхэм япэу къыщыхэщащ. Апхуэдэ щапхъэхэр мащIэкъым: I988 гъэм псым къыхагъуэта уз зехьэ бактериехэм я зэранкIэ зэхуащIын хуей хъуауэ щытащ «Ессентуки- 20», «Гаазо-Пономаревский №505», «Теплосерный» 1-нэмр 3-нэмрэ», «Академическая» псы хущхъуэ къыщIэжыпIэхэр. Псом нэхърэ нэхъ уегъэпIетей адрейхэми а ухыгъэ дыдэр къапэплъэнкIэ зэрыхъунум. Сыту жыпIэмэ, кIуэ пэтми зызыубгъу курорт къалэхэр псы хущхъуэ къыщIэжыпIэхэм тетщ. Къэралыр лъэлъэжын ипэкIэ а Iуэхум унафэ пыухыкIа тращIыхьауэ щытащ,щIыуэпсым и къабзагъэр щахъумэ щIыпIэхэу 1-нэмрэ 2-нэмрэ псори зэхэту унагъуэ минихым нэс къигъэIэпхъукIауэ, псы хущхъуэ къыщIэжыпIэхэр зыризэран хуэмыхъу щытын хуейуэ. Пыплъхьэн щымыIэу унафэ тэрэзт… «Кавказым и псы хущхъуэхэр псэуныгъэ IуэхукIэ цIыхум къемыгъэгъэсэбэпыным, куэд- мащIэми зы ухуэныгъи щрамыгъэкIуэкIыным теухуа унафэ Урысейм и Правительствэм 1992 гъэм къищтащ. Абы къыщыгъэлъэгъуащ РФ-м и Кавказ Ищхъэрэм и псы хущхъуэхэр ткIийуэ яхъумэн хуей эколого-курорт щIыпIэу зэрыщытыр. А унафэм ехьэлIа къалэнхэр пщэрылъ щащIат, Ставрополь щIыналъэм и мызакъуэу, Кавминводым и бгылъэхэм къыщыщIэж псы хущхъуэхэр зи къуршхэм къыщежьэ Къэбэрдей - Балъкъэрымрэ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ. Урысейм и гидрогеологхэм къызэралъытэмкIэ, псы хущхъуэ къыщIэжыпIэхэр турист кIуапIэу е зыгъэпсэхупIэу щытыныр къезэгъыркъым, къэралым и нэIэм щIэмытмэ, хъумаи хъунукъым. Абыхэм яхухэхын хуейщ цIыху Iув здемыкIуалIэ щIыпIэ IэнэщIрэ,»псынэ» кIуэ пэтми нэхъыбэ зэрыхъум къыхэкIыу, щIышхуэрэ. Абы и пIэкIэ нобэ гу зылъыптэр нэгъуэщIщ: псы хущхъуэ къыщIэжыпIэхэм екIуалIэу щыта лъэс лъагъуэ цIыкIухэм я пIэм гъуэгу бгъуфIэхэр къоувэ, я хъуреягъым шхапIэхэр къыщызэIуах. Апхуэдэу Iуэхур екIуэкIмэ, псыхэм хущхъуэгъуэр зэрафIэкIуэдынур щIэныгъэлIхэм ябзыщIыркъым. Ахэр хъумэным теухуауэ ди республикэм илъэс къэс щрагъэкIуэкI аузхэмрэ къуршыпс къыщIэжыпIэхэмрэ гъэкъэбзэным теухуа акцэхэр. Абыхэм жыджэру хэтщ альпинистхэр, студентхэр,щIыуэпсыр фIыуэ зылъагъухэр. Лъостэн Музэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2388.txt" }
КъэкIыгъэ дунейр къэзыхутэ щIэныгъэ зекIуэхэр Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым, къэкIыгъэхэм я жылащхьэмрэ генетикэ къэхутэныгъэхэмкIэ Вавилов Николай и цIэр зезыхьэ Урысейпсо щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым, Кведлинбург къалэм дэт, къэкIыгъэ IэрысэхэмкIэ Кюн Юлиус и цIэр зезыхьэ щIэныгъэхутэ институтым я IэщIагъэлIхэм зэгъусэу ирагъэкIуэкIа щIэныгъэ зекIуэхэм кърикIуа Iуэхугъуэхэм щыхэплъэжа зэхуэс иджыблагъэ КъБКъУ-м щекIуэкIащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым узыщрихьэлIэ къэкIыгъэ Iэрысэхэмрэ езыр-езыру губгъуэхэм, бгылъэхэм, шэдылъэхэм къыщыкI абы я унэкъуэщ лъэпкъыгъуэхэмрэ я жылапхъэхэр къехьэлIэным, зэхэдзыным, къэхутэным теухуат зекIуэр. Зи цIэ къитIуа щIэныгъэ центрхэр мыпхуэдэ къэхутэныгъэхэм иужь зэритрэ илъэсищэм нэблэгъащ, абыкIэ ехъулIэныгъэшхуэхэри яIэщ. Нэхъыщхьэ дыдэу абыхэм ирагъэкIуэкI Iуэхугъуэхэм къыхэгъэщыпхъэщ къэкIыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм я жылапхъэхэр щызэхуэхьэса хъумапIэ (банк) къызэрагъэпэщауэ зэрызрагъэубгъур. КъэкIыгъэхэм я жылащхьэм хэлъ щхьэхуэныгъэхэр зэраджым и мызакъуэу, центрхэм кIуэдыпIэ ихуа къэкIыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр къызэрагъэщIэрэщIэжыным, ахэр къыщыхъуа щIыпIэхэм зэрыщагъэбэгъуэжыным иужь итщ. Абы и IуэхукIэ жыпIэмэ, Вавилов Николай и цIэр зезыхьэ Урысейпсо щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым иригъэкIуэкI лэжьыгъэхэр Урысейм и цIыхур шхыныпхъэкIэ къызэгъэпэщынымрэ технологие IуэхухэмкIэ хъума зэрыхъунымрэ я шынагъуэншагъэм и лъабжьэщ. Абы и гъэтIылъыгъэхэм щIы хъурейм и щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм къраха къэкIыгъэ зэщымыщ защIэу мин пщIы бжыгъэхэм я жылапхъэр хэлъщ. Жылэхэм езыхэм къадэхъуа щхьэхуэныгъэхэр зэрахъумэм къыдэкIуэу, дыкъэзыухъуреихь дунеймрэ щIыуэпсымрэ щекIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэмрэ елъытауэ и фIагъыр ирагъэфIакIуэу, и къэуатыр къаIэту къэхутэныгъэхэр ирагъэкIуэкI. Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэкIыгъэ дунейр зихуэдэ щымыIэ щIыуэпс къэгъэщIыгъэщ. Зэры-Кавказу къапщтэмэ, абы къэкIыгъэу къыщыкIым и процент 50-м ди щIыналъэм ущрихьэлIэнущ. Абы ущыфIэкIыжым, дунейм зыщIыпIи ущримыхьэлIэ къэкIыгъэ лIэужьыгъуэхэр щыIэщ. ЩIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, субтропикэ икIи тропикэ щIыуэпсхэм щызекIуэ къэкIыгъэхэр хэбгъэкIмэ, къэкIыгъэ унагъуэ зэхуэмыдэу щыIэхэм псоми Къэбэрдей-Балъкъэрым ущрихьэлIэнущ. Аращ I930 гъэхэм къыщегъэжьауэ щIэх-щIэхыурэ ди щIыналъэм и къэкIыгъэхэр къэхутэным хуэгъэпса щIэныгъэ зекIуэхэр щIэныгъэлIхэр щIрагъэкIуэкIыр, абыхэм я мыхьэнэмрэ пщIэмрэ зэи щIемыхуэхыр. ИлъэситIкIэ узэIэбэкIыжмэ, Вавиловым и цIэр зезыхьэ центрымрэ КъБКъУ-мрэ зэдрагъэкIуэкIауэ щыта щIэныгъэ зекIуэм километр щихым щIигъу зэпичат, ди щIыналъэм и бгылъэ щIыпIэ куэдми нэсат. Абы щыгъуэ щIэныгъэлIхэм зэхуахьэсауэ щытащ хадэхэкI лъэпкъыгъуэми, къэб, хъэуан, хъарбыз лIэужьыгъуэми 256-м щIигъу, жылэхэкIыкI къэкIыгъэ Iэрысэми езыр-езыру къэкIми 69-м нэблагъэ. КърахьэлIа къэкIыгъэ щапхъэхэр зэрымымащIэм, иджыри къыздэсым щIэныгъэм гу зылъимыта куэд къыхэкIат. ЩIэныгъэ центрхэр абы щыгъуэ зэгурыIуат 202I гъэм иджыри щIэныгъэ зекIуитI къызэрагъэпэщыну. 2019 гъэм екIуэкIа зекIуэм ипкъ иткIэ щIэныгъэлIхэм ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэхэр «КъэкIыгъэхэм, къэкIыгъэхэм я жылащхьэм, къэкIыгъэхэм я гъэбэгъуэкIэмрэ зегъэужьыкIэмрэ теухуа къэхутэныгъэхэр» зи фIэщыгъэ, дунейпсо мыхьэнэ зиIэ журналым къытрадзэжауэ щытащ, икIи, къыхэгъэщыпхъэщ хамэ къэрал щыщ къэхутакIуэхэм я деж щIэупщIэшхуэ зэрыщигъуэтар. Абы щыгъуэщ Германием щыIэ, къэкIыгъэ IэрысэхэмкIэ щIэныгъэхутэ центрыр къызэрагъэпэщыну зекIуэхэм къыхыхьэну къыщылъэIуар. Мы гъэм япэ зекIуэр Тэрч, Лэскэн, КъалэкIыхь щIыналъэхэм щекIуэкIащ. Къалэн зыхуагъэувыжахэм ящыщт хадэхэкI къэкIыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм я жылапхъэр, нартыху лъэпкъыгъуэхэр зэхуэхьэсыныр. ЩIэныгъэ центрхэм я гъэтIылъыгъэхэм хэлъщ зи гугъу тщIы къэкIыгъэхэм я лIэужьыгъуэ куэдым я жылапхъэр. Ауэ, дунейм зэрызихъуэжым хуэдэу, къэкIыгъэхэми я зэхэлъыкIэм, я жылащхьэм, я гъэпсыкIэм зэхъуэкIыныгъэхэр зэманым хелъхьэ. ЩIыпIэ зэгъуэкIхэм зэхъуэкIыныгъэхэр зэрыщекIуэкIыр нэхъ мащIэми, цIыхур куэд щыхъуахэм, гъуэзым зэщIищтахэм къэкIыгъэ дунейм нэхъ щIэхыу зыщехъуэж, абы къыдэкIуэу яхэлъ щхьэхъуэныгъэхэми зэхъуэкIыныгъэ егъуэт. ЗекIуэм кърикIуахэм теухуауэ КъБКъУ-м щекIуэкIа Iэнэ хъурейм щыжаIащ еплIанэу ирагъэкIуэкI мыпхуэдэ къэпщытэныгъэхэм лэжьыгъэшхуэ къызэрызэринэкIар. КъБКъУ-м щIэныгъэ IуэхухэмкIэ и проректор Хьэшыр Светланэ зэрыжиIамкIэ, щIэныгъэлIхэм мызыгъуэгум къэкIыгъэ зэмылIэужьыгъуэу 302-м я жылапхъэхэр зэхуахьэсын, удз хущхъуэщ жыхуаIэ къэкIыгъэхэм я щапхъэ пщIы бжыгъэхэр кърахьэлIэн яхузэфIэкIащ. Апхуэдэу, Хьэшырым и гугъу ищIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэкIыгъэ дунеймрэ щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэмрэ Кавказ Ищхъэрэм и къэкIыгъэхэр хъумэнымкIэ мыхьэнэ зэриIэм, и гъэтIылъыгъэхэм хэлъ жылапхъэхэр яхъумэ къудей мыхъуу, КъБКъУ-м и ЩIэныгъэ хадэми зэрыщагъэкIым. Проректорым зекIуэм хэтахэм, зи гуащIэ хэзылъхьахэм фIыщIэ яхуищIащ, дяпэкIи зэгъусэу апхуэдэ лэжьыгъэхэр зэдащIыну гугъапIэхэр зэрыщыIэри жиIащ. АдэкIэ псалъэр зрата, Вавиловым и цIэр зезыхьэ щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым хадэхэкIхэмрэ къэбхэкIхэм я жылащхьэр къэхутэнымкIэ и къудамэм унафэщI Артемьевэ Аннэ зекIуэм зэрыщыгуфIыкIыр, абы и мыхьэнэр лъагэу зэриIэтыр къыхигъэщри, зэхуахьэса къэкIыгъэхэмрэ жылапхъэхэмрэ нэхъ шэщIауэ тепсэлъыхьащ. «Зэхуэтхьэсар къэкIыгъэ зэмылIэужьыгъуэу 302-м я жылапхъэу жыпIэу къэбгъанэ хъунукъым, – гу лъаригъэтащ а бжыгъэм къызэхуэсахэм. – Ахэр къэкIыгъэ унагъуэ 3I-м теугуэшэжын хуейщ. Зэхуэтхьэса псом уеплъыжмэ, языныкъуэхэр, йобэкI, ауэ яхэтщ зи лIэужьыгъуэ иджыри къэс нэсу къэдмыхутахэри, куэд дыдэрэ узримыхьэлIэхэри. Сэ сыкъапщтэмэ, гъэщIэгъуэн дыдэ сщыхъуащ мы щIыналъэм къыщыкI джэдхъурсанэр (дэ апхуэдэ зэи диIатэкъым, ди гъэтIылъыгъэхэми яхэлътэкъым), шыбжий сырыр. Къэбэрдей-Балъкъэрым сыщыхуэзащ къуэнтхьэмпэ, удздадий, удзхэлъхьэ сыр лъэпкъыгъуэ зэщымыщхэм. Шэмэджгъэдыргъыр куэдым тцIыху къэкIыгъэ лъэпкъщ, ауэ мы щIыналъэм абы и лъэпкъыгъуэ зэхуэмыдэ зыбжанэ къыщокIри, ари сфIэхьэлэмэт хъуащ. Гуапэщ зэ зэхуахьэсауэ щытахэм къищынэмыщIауэ, ди япэ итахэр зылъэмыIэса е ямылъагъуу зыблэкIа гуэрхэр дэри къэдгъуэтыну Iэмал дызэриIэр, ахэр къэтхутэу щIэныгъэ дунейм щыдгъэлъэгъуэну зэрытхузэфIэкIыр. Мы зекIуэхэр зэпымыуну, иджыри къызэдгъэпэщыну догугъэ». Бжьыхьэкухэм хуэзэу щIэныгъэлIхэм я мурадщ етIуанэ зекIуэри къызэрагъэпэщыну. Къалэн нэхъыщхьэу яIэнури убзыхуагъэххэщ – нартыху лIэужьыгъуэхэр зэхуэхьэсын, я жылэри къехьэлIэн. Хамэ къэрал щыщу зекIуэм хэта нэмыцэ щIэныгъэлIхэри арэзы техъуащ къэкIыгъэ дунейр хъумэнымкIэ, ар къытщIэхъуэ щIэблэм къахуэгъэнэнымкIэ мыпхуэдэ Iуэхугъуэхэм пщIэшхуэ зэраIэр. Кюн Юлиус и цIэр зезыхьэ щIэныгъэ центрым и къэхутакIуэ пашэ Марте Франк илъэгъуар гъэщIэгъуэн дыдэ зэрыщыхъуам и мызакъуэу, щIэныгъэ и IуэхукIэ щIыуэпсым и ныбз дызыщымыгъуазэхэр къызэрызэригъэдзэкIынум тепсэлъыхьащ. «Дыкъэзыухъуреихь дунейр зэрыщхъуэкIэплъыкIэр зым дежкIи щэхуу щымытыж пэжщ, – жиIащ Марте Франк, – ауэ ар апхуэдизу зэтепщIыкIыу зы щIыналъэ цIыкIум узэрыщрихьэлIэр икъукIэ хьэлэмэтщ. Ди нэгу щIэкIамрэ тлъэгъуамрэ тепщIыхьмэ, нэхъ куууэ дызэдэлэжьэну, нэхъыбэрэ дызэлъэIэсыну дыхуейт. ДэркIэ нахуэ хъуащ генетикэ щIэныгъэкIэ зэджэм иджыри зыщиужьын хуейуэ Iэджэ унэтIыныгъи зэриIэр, абы и лъэныкъуэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр щапхъэфI зэрырикъур». КъБКъУ-м и «Ботаникэ жыг хадэ» щIэныгъэ-къуэхутакIуэ центрым и унафэщI, биологие щIэныгъэхэм я кандидат Шэрхъ Заур зэрыжиIэмкIэ, нэмыцэ центрымрэ КъБКъУ-мрэ я зэдэлэжьэкIэ хъунур зыубзыху зэгурыIуэныгъэм иджыпсту йолэжь, ауэ, нахуэр аращи, щIэныгъэ IуэхукIэ зэрызэлъэIэсынум, егъэджэныгъэмкIи зэпыщIэныгъэхэр я зэхуаку зэрыдэлъынум шэч хэлъкъым. ЗекIуэм кърикIуа Iуэхухэм абы хэтахэр арэзы техъуащ, къыкIэлъыкIуэ зэIущIэм зэрыхуэпабгъэри ямыущэхуу зэхэкIыжащ. ШУРДЫМ Динэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2389.txt" }
Адэжь хэкум щыцIэрыIуэ Натхъуэ Бибрэс Адыгэ футболистхэм ящыщу нэхъ лъэщ дыдэр Израилым и командэ къыхэхам и капитан Натхъуэ Бибрэсщ. Хамэ щIыпIэм къыщалъхуами, адэжь хэкум ар цIэрыIуэ щыхъуащ икIи Къэзан и «Рубин»-мрэ Мэзкуу и ЦСКА-мрэ яхэту Европэм и къэрал куэдым я стадионхэм пщIэрэ щIыхьрэ щиIэу зыкъыщигъэлъэгъуащ. Иджы Алыджым Iэпхъуауэ абы хыхьэ Пирей къалэм и «Олимпиакос»-м ехъулIэныгъэкIэ щоджэгу. Израилым и Кфар-Камэ адыгэ къуажэм 1988 гъэм къыщалъхуащ Натхъуэ Бибрэс икIи и ныбжьыр илъэс пщыкIуий щримыкъум щыщIэдзауэ, ехъулIэныгъэхэр щызыIэригъэхьэу, топджэгум хэтщ. 2006 гъэм абы япэ дыдэу щитIэгъащ спорт иным хэзыша Тель-Авив и «Хапоэль» командэм и балигъ гупым и фащэр. Абы лъандэрэ Израилым, Урысей Федерацэм, Алыджым, нэгъуэщI къэралхэм я губгъуэхэм джэгугъуэ 458-рэ щригъэкIуэкIащ икIи топ 71-рэ я хьэрхуэрэгъухэм щыхудигъэкIащ. КъищынэмыщIауэ, Израилым и балигъ гуп къыхэхам и зэIущIэ 50-м зыкъыщигъэлъэгъуащ икIи иджыпсту абы и пашэщ. Япэ ехъулIэныгъэ иныр Натхъуэм щиIар 2007 гъэращ. Абы щыгъуэм «Хапоэль»-м хэту Израилым и кубокыр къихьащ. Ар ирагъэблэгъащ а къэралым и командэ къыхэха псоми - илъэс 17, 18, 19, 21-м нэсхэм, балигъ гупым. Абыхэм мызэ-мытIэу къыщыхэжаныкIащ икIи, зэи къэмыхъуауэ, мыжурт лъэпкъым щыщу капитану хахащ. АрщхьэкIэ зэи ибзыщIыркъым зэрыадыгэмрэ зэрымуслъымэнымрэ. Уеблэмэ иригушхуэу дэни щытопсэлъыхь. АбыкIэ щапхъэ нэсщ нэгъабэ и гъатхэпэм и кIэухым къэхъуар: Натхъуэ Бибрэс зи пашэ Израилым и командэ къыхэхам Тель-Авив къыщригъэблэгъа Румынием и футболистхэм щаIущIэнум и пэ къихуэу, зэрыхабзэу, лъэныкъуэхэм я къэрал гимнхэр ягъэзэщIащ. Ди лъэпкъэгъур журтхэм я гимным дежьууакъым икIи эфир занщIэу телевизоркIэ е интернеткIэ абы гу лъызыта куэдым псалъэмакъ кърахащ. «Ха-Тиквэ»-р (аращ журтхэм я гимным зэреджэр - Ж.З.) зымыгъэзащIэ шэрджэсым хуэфащэкъым Израилым и командэ къыхэхам и капитану щытыну», – арат нэхъыбэм я гупсысэр зыхуэкIуэжыр. Псалъэмакъыр куу щыхъум, Натхъуэ Бибрэс къэралпсо радиом ирагъэблэгъащ икIи «Израиль спорт» нэтыным хагъэтащ ныкъуэкъуэгъу къыхуэхъуахэм ящыщ зы, къэралым и щIыхьыр топ джэгунымкIэ куэдрэ зыхъума Беркович дэщIыгъуу. Дэтхэнэми и Iуэху еплъыкIэр утыку кърихьэну Iэмал игъуэтащ. Натхъуэм зыкъыхуигъазэри, Беркович къыхигъэщащ, игъащIэм къэмыхъуауэ, журт лъэпкъым щымыщу, ар Израилым футболымкIэ и командэ къыхэхам и капитану щытыну дзыхь къызэрыхуащIар, абы щыгъуэми къэралым и гимным зэрыдемыжьууамкIэ ехъурджэуащ. «Сэ уэ пщIэшхуэ пхузощI Израилым и щIыхьыр дунейпсо утыкум лъагэу зэрыщыпIэтым, Iэзагъ ин зэрыпхэлъым, псэемыблэжу уи хьэрхуэрэгъухэм уазэрыпэщIэтым къыхэкIыу. Сэ езым зэIущIэ 78-рэ Израилым и гуп къыхэхам сыхэту езгъэкIуэкIащ, ауэ, сыщIэхъуэпса пэтми, капитаныгъэр зэи къыслъагъэсакъым. Ар хуабжьу щIыхьышхуэщ икIи уэ ди лъэпкъ командэм и пашэу ущыт хъунукъым, «ха-Тиквэ»-р жумыIэу». «Уэ апхуэдэу уегупсысыну ухуитщ, - жэуап иритащ абы Натхъуэм. - Ауэ сэ сыжурткъым икIи «журтым и псэм макъамэ къреш» (Израилым и гимным щыщ сатырщ - Ж.З.) псалъэхэр жысIэнукъым. Хьэмэрэ Израилым щыпсэу лъэпкъ мащIэхэм къэралым нэхъ мащIэ хуащIэу къыпщыхъуу ара? Къапщтэмэ, ЦАХАЛ-м хэту си адэм илъэс 30-кIэ къэрал гъунапкъэхэр ихъумащ икIи языныкъуэ журтхэм нэхърэ куэдкIэ нэхъыбэ Израилым хуилэжьащ. Си адэ къуэшым ипхъу Натхъуэ Нили баскетболымкIэ къэралым и гуп къыхэхам и пашэу ехъулIэныгъэ куэд къытхуихьащ». А псалъэхэм иужькIэ, нэтыныр езыгъэкIуэкI Эсаег Офир къыхигъэщащ Франджым и командэ къыхэхам и капитану дунейми Европэми я чемпион хъуа, иджы Мадрид и «Реал»-м и тренер нэхъыщхьэ Зидан Зинетдини зыщыщ къэралым и «Марсельеза» гимныр зэи яхужиIэу зэрыщымытар икIи абы щхьэкIэ франджыхэм зэрамыгъэкъуэншар, и адэр Алжирым къиIэпхъукIауэ зэрыщытар ящIэрти. Натхъуэ Бибрэс кIэух псалъэр къылъысащ икIи къедаIуэхэм гу лъаригъэтащ, журтхэм къищынэмыщIауэ, Израилым лъэпкъ куэд зэрыщыпсэур икIи къыхигъэщащ абы ейм фIэкIа нэгъуэщI къэрал гимн зэримыщIэр зы лъэпкърэ динрэ фIэкIа къыщамылъытэу. Шэч хэлъкъым, Бибрэс и Iуэху еплъыкIэр пщIэ зыхуэщIыпхъэщ. Къэралымрэ лъэпкъымрэ узэрыхуэпэжыр къызэрагъэлъагъуэр псалъэкIэкъым, атIэ IуэхукIэщ. Абы и лъэныкъуэкIэ Натхъуэм хуэдэ иджыпсту гъуэтыгъуейщ. ФутболымкIэ Израиль къэралыгъуэм курыт зэфIэкI иIэу аращ. Абы и гуп къыхэхамрэ командэ щхьэхуэхэмрэ дунейпсо утыку итщ, ауэ ехъулIэныгъэ инхэр зэкIэ зыIэрагъэхьэфыркъым. Израилми, Европэми, нэгъуэщI щIыпIэхэми иджыпсту нэхъ щыцIэрыIуэр абы хыхьэ Кфар-Камэ адыгэ къуажэм къыщалъхуа Натхъуэ Бибрэсщ икIи журт къэралыгъуэм и щIыхьыр ихъумэу балигъ командэ къыхэхам хэту зэIущIэ 50 иригъэкIуэкIащ. Аращ гупым и капитану хуэфащэ дыдэу щIыхахари. Абы и пэкIэ Израилым и командэ къыхэхам и ныбжь псоми ехъулIэныгъэкIэ зыкъыщигъэлъэгъуащ икIи щIалэгъуалэ гупым я пашэу ягъэуващ, нэхъапэм журтхэм фIэкIа капитаныгъэр зыми ирамыту щытами. ЩIалэ дыдэу Бибрэс Тель-Авив и «Хапоэль»-м джэгун щригъэжьащ. ИужькIэ Къэзан и «Рубин»-м, Афинхэм я ПАОК (Алыдж) командэхэм ирагъэблэгъащ. Иужь илъэсхэм Мэзкуу и ЦСКА-м и пашэхэм ящыщ зыуэ щытащ. Абы къихьащ Израилымрэ Урысей Федерацэмрэ я кубокхэр, Урысейм и суперкубокыр. Ар ди къэралым и чемпионщ, къищынэмыщIауэ дыжьын (тIэунейрэ), жэз медалхэр зыIэригъэхьащ, Алыджым жэзыр къыщихьащ. Зы илъэси къанэркъым Натхъуэ Бибрэс Чемпионхэм я Лигэм е Европэм и Лигэм щымыджэгуу икIи и IэзагъымкIэ къеплъхэр къыдимыхьэхыу, дэрэжэгъуэ яримыту. Натхъуэ Бибрэс 2010 гъэм япэ дыдэу адэжь хэкум къихьэжри, абы лъандэрэ Урысей Федерацэм щыджэгуащ. Ар ди къэралым къригъэблэгъауэ щытащ Къэзан и «Рубин»-м и тренер нэхъыщхьэ Бердыев Курбан икIи абы щхьэкIэ кIуат Израилым щыпсэу Натхъуэхэ я унагъуэм. «Рубин»-р щIэдзапIэ угъурлы хуэхъуащ Бибрэс икIи абы хэту Урысейм и кубокымрэ суперкубокымрэ 2012 гъэм зыIэригъэхьащ, чемпионатым и жэз медалыр къратащ. Къэзандэсхэм къахэкIыжа нэужь, 2014 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм Алыджым и ПАОК командэм хэтащ. Абыи Iыхьэншэ щыхъуакъым - а къэралым и дыжьын медалыр иIыгъыу Урысей Федерацэм къигъэзэжащ. Мэзкуу и ЦСКА-м ар апхуэдизкIэ лъэ быдэкIэ хыхьати, 2014/2015 гъэхэм екIуэкIа зэхьэзэхуэм и гъуащхьэхъумэныкъуэ нэхъыфI дыдэу къалъытащ икIи и хьэрхуэрэгъухэм топ 14 яхудигъэкIащ. Абы зэрыхэта илъэсиплIым адыгэ щIалэм дыжьын медалу 3-рэ (2015, 2017, 2018 гъэхэм) дыщэу зырэ (2016 гъэм) зыIэригъэхьащ, Урысейм и кубокым и финалым щыджэгуащ. Бибрэс и Iуэхухэр ди къэралым хъарзынэ дыдэу щекIуэкIырт, ауэ, илъэсиплIкIэ зэращIылIа зэгурыIуэныгъэр щиухым, къыпищэн идакъым, ЦСКА-м и унафэщIхэр хуабжьу къелъэIуа пэтми. Зи ныбжьыр илъэс 31-рэ мыгувэу хъуну щIалэм мурад ищIащ топджэгум хэмыкIыж щIыкIэ Европэм зыкъыщигъэлъэгъуэну. Ди лъэпкъэгъу куэд щыпсэу Тыркум и командэ лъэщхэр щIэхъуэпсырт ар зыхагъэхьэну, ауэ нэхъапэм щыIауэ зи пIалъэ ищIэ Алыджыр нэхъ къыхихащ. Пирей къалэм и «Олимпиакос» командэ цIэрыIуэм гуфIэжу ар къищтащ икIи илъэс улахуэу еврэ мелуан хуигъэуващ, ехъулIэныгъэхэм къапэкIуэну саугъэтхэр хэмыту. Натхъуэ Бибрэс зыщIэхъуэпсар Испаниерат, абы и цIыхухэр я теплъэкIи хьэл-щэнкIи адыгэхэм ярегъэщхьри. Ауэ алыджхэри зыкъомкIэ къыттохуэ икIи и щхьэгъусэ Ачмызхэ япхъу Талиерэ и къуищымрэ и гъусэу Олимп джэгухэм я къежьапIэ пасэрей щIыналъэм иджыпсту щопсэу, и джэгукIэфIымкIэ къыдэщIхэр игъэгушхуэу. ЖЫЛАСЭ Заурбэч.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "239.txt" }
Гъуэгухэр ухуэным, пенсионерхэмрэ еджакIуэхэмрэ хухаха ахъшэхэр етыным теухуауэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ гъуэгухэр ухуэным, апхуэдэуи Урысейм и Президент Путин Владимир игъэува социальнэ ахъшэхэр пенсионерхэмрэ еджакIуэхэмрэ республикэм щытыныр къызэгъэпэщыным ехьэлIа Iуэхухэм щытепсэлъыхьа зэIущIэ. Зэхуэсым хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, КъБР-м лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ къащхьэщыжынымкIэ и министр Асанов Алим, КъБР-м транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министр ДыщэкI Аслъэн, Налшык къалэ округым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Ахъуэхъу Таймураз. Мусуков Алий зэIущIэм хэтхэр щыгъуазэ ищIащ Урысейм и Президентым къыдигъэкIа указхэм тету, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ пенсионер мини 195-м хуэдизым зэ тыгъуэу сом мин пщIырыпщI зэраIэрыхьэнур. Ахъшэхэр фокIадэм и 2-м къыщыщIэдзауэ яхуэкIуэу хуежьэнущ. Апхуэдэуи Урысейм и Президентым къалэн къазэрыщищIам ипкъ иткIэ сом мин пщIырыпщI иратащ школакIуэ 135.338-м, абы сом мелард 1,3-рэ текIуэдащ. «Абы теухуа тхылъхэр иджыри къытIэрохьэ, ахъшэр зыхуэфащэу къалъытэхэм щэкIуэгъуэм и I пщIондэ иратынущ», - жиIащ премьер-министрым. Асанов Алим и гугъу ищIащ цIыхухэм зэрызыщIагъакъуэ нэгъуэщI социальнэ ахъшэхэми, IэнатIэм и IуэхущIапIэхэм я лэжьыгъэр зэрызэтеухуами. Республикэм и Iэтащхьэм пщэрылъ ящищIащ а Iуэхухэм адэкIи я нэIэ трагъэтыну: ахъшэ псори и пIалъэм икIи ирикъуу иратын хуейщ. Гъуэгухэр ухуэным и гугъу щащIым къыхагъэщащ гъуэгухэр ухуэным трагъэкIуэдэну нэхъ пасэу къыхуаутIыпща мылъкум УФ-м и Правительствэм республикэм, нэгъуэщI щIыналъэ 23-м яхэту, сом мелуан 709-рэ мэрем кIуам къызэрыхущIагъуар. ЗэIущIэм къыщыхагъэщащ а ахъшэр километри 9,5-рэ зи кIыхьагъ Прохладнэ - Елъхъуэт автомобиль гъуэгумрэ Налшык къалэ къедза жылэхэм я гъуэгухэмрэ зэгъэпэщыжыным зэрытрагъэкIуэдэнур. Ахъуэхъу Таймураз зэрыжиIамкIэ, зэрагъэпэщыжынущ къалэм хыхьэ щIыналъэхэм я гъуэгухэу Неделиным, Дзержинскэм, Цеткин Кларэ, Ахъмэтым я цIэхэр зезыхьэхэр, Батрэз, Ашэмэз, Тебердинскэ, Керамическэ уэрамхэм иIэхэр. Псори зэхэту мы илъэсым мардэм изагъэу Налшык къалэм зыхуей щыхуагъэзэнущ асфальтрэ бетонрэ зэхэлъу зытралъхьэну гъуэгу 29-рэ. А лэжьыгъэхэм хэтщ гъуэгухэр къэгъэнэхунымрэ абыхэм шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэща хъунымри ехьэлIахэр икIи ахэр илъэсым и кIэм ирихьэлIэу зэфIагъэкIынущ. Апхуэдэуи дызэрыт илъэсым щIадзэнурэ Лениным, Кулиевым, ЩоджэнцIыкIум я цIэхэр зезыхьэ уэрамхэм зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкIынущ, ахэр щатын хуей пIалъэу къагъэувыр 2022 гъэм и шыщхьэуIу мазэрщ. КъимыдэкIэ, Къэбэрдей уэрамым щыщ Iыхьэу Идарым и цIэр зезыхьэм щегъэжьауэ Налшык и дэкIыпIэм нэсыху, километри 4,6-рэ и кIыхьагъыу, гъуэгур зэрагъэпэщыжыну къапэщытщ. А лэжьыгъэхэри дызыхуэкIуэ илъэсым и шыщыьэуIу мазэм зэфIагъэкIынущ. Гъуэгум и щхьэфэр къагъэщIэрэщIэжынущ, гъуэгур лъэныкъуитIу зэпызыгъэщхьэхукIхэр дагъэувэнущ, къэгъэшыпIэхэр, лъэс зекIуапIэхэр, жылагъуэ транспортым и къэувыIэпIэхэр, уэшхыпс жапIэхэр хуащIынущ, светофорхэр, уэрамхэр къызэрагъэнэхуну Iэмэпсымэхэр щагъэувынущ. ДыщэкI Аслъэн къыхигъэщащ щыIэ мардэхэм изагъэу мы гъэм республикэм псори зэхэту гъуэгу километри 160-рэ зыхуей зэрыщыхуагъэзэнур. Илъэсыр къызэрихьэрэ республикэм гъуэгухэр ухуэным тригъэкIуэдэну къыIэрыхьащ нэхъапэм зэи кърамытам хуэдиз мылъку - сом мелардрэ ныкъуэм щIигъу къыхуаутIыпщащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм жиIащ гъуэгухэр щаухуэну щIыпIэхэр щаубзыхукIэ цIыхухэм уэрамхэм я щытыкIэм теухуауэ къагъэлъэгъуа я Iуэху еплъыкIэхэри, гуныкъуэхэри къэлъытэн зэрыхуейр. «Гъуэгухэм апхуэдиз лэжьыгъэ щыщебгъэкIуэкIкIэ, республикэм щыпсэухэми абы и хьэщIэхэми гугъуехь гуэрхэм зэрыIууэнур дэ къыдгуроIуэ, ауэ дыщогугъ абыхэм дызэхащIыкIыну икIи зэфIэмыхьэныгъэхэм ахэр бэшэчу хущытыну. Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэр лъэсырызекIуэхэри автомобилистхэри щызэблэкIыным сыт и лъэныкъуэкIи хуэщIауэ, тыншыпIэ псори къыщызэгъэпэщауэ щытынущ», - къыхигъэщхьэхукIащ абы. Iэтащхьэм зэIущIэм хэтхэм къалэн ящищIащ яукъуэдий гъуэгухэм я фIагъымрэ ахэр щатын хуей пIалъэмрэ, апхуэдэуи ахэр къызэрагъэнэху Iэмэпсымэхэр гъэувыным зэпымыууэ я нэIэ трагъэтыну. ЗэIущIэм и кIэм КIуэкIуэ Казбек жиIащ Къэрал гъуэгухэмкIэ управленэм къыбгъэдэкIыу тхыгъэ къызэрыIэрыхьар. Абы къыщыгъэлъэгъуащ «Кавказ» трассэм хыхьэхэу Аргудан щегъэжауэ Осетие Ищхъэрэ - Алание Республикэм и гъунапкъэм екIуалIэ, къимыдэкIэ, Дзэлыкъуэкъуажэ – Къубэ-Тэбэ къуажэхэм я зэхуакухэм гъуэгухэр щыукъуэдииным теухуа лэжьыгъэхэм пэщэжыным арэзы зэрытехъуэр. Лэжьыгъэхэм зэман гъунэгъум щIадзэнущ. КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2390.txt" }
Зэхьэзэхуэ щхьэпэхэр Налшык щокIуэкI СтIолыщхьэ теннис Налшык дэт Универсальнэ спорт комплексым щекIуэкIащ «Кубок вызова - Локомотив» стIолыщхьэ теннисымкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ. Ар хухахащ Наркотикхэм ебэныным и дунейпсо махуэм. Зэхьэзэхуэр къызэрагъэпэщащ «Локомотив»-мрэ олимп резервым и сабий-ныбжьыщIэ спорт школымрэ. Я ныбжь елъытауэ гуэшауэ щыта гупхэм нэхъыщIэхэм я деж пашэныгъэр щаубыдащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ Сундиевэ Елизаветэрэ Дагъыстэным къикIа Зайнутдинов Магомедпаширэ. Нэхъыжьхэм я зэпеуэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ хэгъэрей Лавринович Аурикэрэ Ставрополь крайм и командэ къыхэхам и спортсмен Хитилов Леонидрэ. Псори зэхэту КъБР-м и теннисистхэм медаль зэмылIэужьыгъуэу 9 зэхьэзэхуэм щызыIэрагъэхьащ. «Мыпхуэдэ зэхьэзэхуэр Налшык иджы етIуанэу щокIуэкI. Илъэс блэкIам спортсмен куэд кърихьэлIащ, мы гъэм щхьэусыгъуэ щхьэхуэхэм я зэранкIэ апхуэдиз дыдэ хэткъым, ауэ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэ псори къызэщIиубыдащ», - къыхигъэщащ зэхьэзэхуэхэм я судья нэхъыщхьэ, дунейпсо категорие зиIэ Климов Андрей икIи дыщIигъуащ балигъхэр зыхэтыну зэхьэзэхуэм и къыкIэлъыкIуэ Iыхьэри зэрырагъэкIуэкIынур. Климовым къыхигъэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ теннисист хъыджэбз цIыкIухэр фIыуэ зэрыджэгуар икIи медалхэм я нэхъыбэр зэрызыIэрагъэхьар. «Ди республикэм щIэх-щIэхыурэ мыпхуэдэ пщIэшхуэ зиIэ зэхьэзэхуэхэр спорт лIэужьыгъуэхэм ирегъэкIуэкI, икIи ар захуагъэщ. Япэрауэ, спорт инфраструктурэ хъарзынэкIэ дыкъызэгъэпэщащ. ЕтIуанэрауэ, нэгъуэщI щIыналъэхэм къикIа гупхэр къыщыкIуэкIэ - ар республикэм и инвестицэм и хэлъхьэныгъэщ, сыт хуэдэ унэтIыныгъэми. Апхуэдэхэр нэхъыбэхукIэ нэхъыфIщ!» - жиIащ Климовым. Жыласэ Замир.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2391.txt" }
«ХъыбарыфIхэм» щекIуэкIыну бэрэжьей уэршэрхэм ятеухуауэ Ди зэманым и нэщэнэфIхэм ящыщщ иджыри къэс къалэшхуэхэм щыпсэуа щIалэгъуалэм Хэкум лъапсэ щаухуэжыныр нэхъ кърагъэзэгъыу зэрыхъуар. Абы и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэуи ягъэувыр къащIэхъуэ щIэблэм адыгэбзэ зэрамыщIэрщ. Зи гугъу тщIы Iуэхугъуэм и щапхъэфI хъуащ Къэбэрдей уэрамым тет «ХъыбарыфIхэр» («Good stories») зи фIэщыгъэ тхылъ тыкуэным и къызэгъэпэщакIуэ Хъурей Санэ и унагъуэри. КъызэрыщIэкIымкIэ, щыри зым хэту жыхуаIэм ещхьу, тхылъ тыкуэнри, библиотекэри, кофе ефапIэри щызэхэту Санэ игъэлажьэ «ХъыбарыфIхэм» иджы адыгэбзэкIэ хьэщIэщ уэршэрхэр щрагъэкIуэкIыну клуб къыщызэIуах. И мурадыр къехъулIэнымкIэ Санэ акъылэгъу къыхуэхъуащ журналист, университет егъэджакIуэ Битокъу Маринэрэ пшыхьхэр езыгъэкIуэкI Балъкъэр Астемыррэ. «Мы гупыжыр апхуэдизкIэ куэд щIауэ си гум къыщызохьэкIри, сытемыпсэлъыхьыну схузэфIэкIыжыркъым, - щетх Хъурей Санэ и инстаграм напэкIуэцIым. – Куэдым ящIэ сэ адыгэбзэ зэрызмыщIэр. Срипсалъэркъым, къызгурымыIуэри нэхъыбэщ. Абы егъэлеяуэ сегъэгузавэ. Мэзкуу дыкъыщIиIэпхъукIыжа щхьэусыгъуэхэм язт адыгэбзэм дрипсэлъэну дызэрыхуейр. Куэдрэ зыдмыгъэгувэу, бзэм дыхуезыгъэджэн къэдгъуэтат, сыту жыпIэмэ дэ езым ди анэдэлъхубзэр къыдгурыIуэу икIи дрипсалъэу дыхъуа нэужь, ди сабийхэри абы хуедгъэсэну дыщIэхъуэпсырт. Илъэс ныкъуэ хуэдизкIэ дыкIуащ егъэджакIуэм деж. Ауэ аргуэру зы бэлыхь дыIууащ – зыри бзэм дрипсалъэртэкъым. Бзэр пщIэн папщIэ, абы урипсэлъэн хуейщ. Уи къэпсэлъыкIэм утемыукIытыхьу, пэжу къызжьэдэкIыу пIэрэ макъхэр жыпIэу, умыгузавэу. Арати, Битокъу Маринэ сыщыхуэза махуэ гуэрым адыгэбзэ клуб къызэдгъэпэщыну мурад тщIащ, щыуагъэ хэту ущыпсэлъэну мыемыкIуу. Уи щыуагъэр щыуагъэлъагъужу, ауэ зыри къыщыпщымыдыхьэшхыу. ФIы дыдэу бзэр зыщIэ гуэри димыгъусэу хъунутэкъыми, апхуэди къэдгъуэтащ – зи адыгэбзэр зи урысыбзэм ебэкI зэпыт Балъкъэр Астемыр». КъызэгъэпэщакIуэхэм я мурадщ я клубым къекIуалIэхэм я гъусэу тхылъ еджэну, теплъэгъуэхэр ягъэувыну, а псоми адыгэбзэкIэ зэгъусэу тепсэлъыхьыжыну. Адыгэбзэ ищIэ-имыщIэм емылъытауэ, и анэдэлъхубзэм ирипсэлъэну хуей дэтхэнэ зыри бэрэжьей къэс Хъурей Санэ «ХъыбарыфIхэр» зыфIища и хэщIапIэм ирегъэблагъэ. Чэрим Марианнэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2392.txt" }
Пшад (Пшъадэ) ЩIыпIэцIэхэр ФIэщыгъэр кIэрыпщIащ урысхэм мы щIыпIэм щаухуа къуажэм, абы къыщхьэщыт, метр 743-рэ зи лъагагъ Iуащхьэм, натхъуэдж адыгэ лIакъуэм щыщ цIыхухэр зыдэса тIуащIэм, Геленджикрэ (ХъупIэжьий) Архипо-Осиповкэрэ зэпызыщIэ щхьэдэхыпIэмрэ абдежым гъунэгъуу щежэх псы цIыкIумрэ (иужьрейм «Дуаб»-кIи еджэу щытащ). ЩIЭНЫГЪЭЛIХЭМ я нэхъыбапIэм зэрытрагъэчыныхьымкIэ, «Пшъадэ («Пшад») щIыпIэцIэм и япэ Iыхьэр, «пшы»-р, «псы» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна псалъэпкъыращ. НэгъуэщIхэми къызэралъытэмкIэ, фIэщыгъэр абхъазыбзэм хэт «апшадэ» («жьыншэ») псалъэм къытехъукIащ. УарохьэлIэ щIыпIэцIэр иджырей кIахэ адыгэбзэм IыхьитIу щызэхыхьэ «пщэ-ды» жыIэкIэм хуэзышэхэми. Абыхэм къызэрыхагъэщхьэхукIымкIэ, япэ Iыхьэр, «пщэ»-р, «пшэ», «пшагъуэ» мыхьэнэхэм уахуэзышэщ, «ды»-р «щIэзыхъума», «зысея», «зыгъэдия» егупсысыкIэм убгъэдэзышэщ. ФIэщыгъэм ехьэлIауэ нэгъуэщI зы еплъыкIи щыIэщ. Абы тетщIыхьмэ, щIыпIэцIэр лъабжьитIу зэхэлъщ: «пщэ(й)»-рэ «дэ»-уэ. Япэ Iыхьэр, «пщэ (й)»-р, тхушэдеяфэ (чинар) жыгым натхъуэдж адыгэхэр зэреджэу щытам пэгъунэгъущ, етIуанэ пычыгъуэр, «дэ»-р, пхъэщхьэмыщхьэ быдэ цIыкIум и лъэпкъыгъуэ псоми хужаIэ псалъэрщ. Ауэ щыхъукIи, фIэщыгъэр къызэрыбгурыIуэ хъунур «тхушэдеяфэрэ дейуэ зэхэт мэз» - жиIэущ. Филологие щIэныгъэхэм я доктор, щIыпIэцIэхэр джыным илъэс куэд ятезыгъэкIуэда Мерэтыкъуэ Къасым «Адыгэ топонимикэм и псалъалъэ» («Адыгейский топонимический словарь») и тхылъым зэритымкIэ, «Мэзмый» фIэщыгъэм дежи дызыщрихьэлIэр ищхьэкIэ къэтхьа «пщэды»-м ещхь псалъэ зэхэгъэувэкIэщ. КЪУМАХУЭ Аслъэн.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2393.txt" }
Хъыбархэр «Псы къабзэ» къэрал проектым з ипкъ иткIэ Александровскэ станицэм псы бжьамиищIэхэр щаукъуэдий. Ар езыгъэщIыр Май муниципальнэ щIыналъэрщ. БжьамиищIэхэр далъхьэнущ километри 8,5-м нэблагъэм. Ухуэныгъэм къыщагъэсэбэпынущ иджырей пщалъэм изагъэу щIа, псы уэру къаутIыпщми, ар зыхуэIыгъыну, полиэтиленым къыхэщIыкIа бжьамийхэр. Апхуэдэуи зи гугъу тщIы бжьамийхэр улъиинукъым, псым и щытыкIэми зимыхъуэжу цIыхухэм яIэрыхьэнущ. Ухуэныгъэм и сэбэп екIынущ станицэм щыпсэухэм я Iыхьэ щанэм. Абы нэмыщI, щIыналъэ администрацэр иужь итщ «Псы къабзэ» проектыр къагъэсэбэпу, псы къыщIэшыпIэщIэ яухуэну. 2021 гъэм «Псы къабзэ», «Ущыпсэуну тынш къалэ» проектхэм я фIыщIэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щаухуэнущ е щызэрагъэпэщыжынущ объект I9-м нэблагъэ. Лэжьыгъэхэр илъэсым и кIэм яухынущ. Урысейм мэз хозяйствэмкIэ и комиссэмрэ Мэз хозяйствэмкIэ департаментым и лэжьакIуэхэмрэ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм зи чэзу кIэлъыплъыныгъэ щрагъэкIуэкIащ иджыблагъэ. Къэпщытэныгъэм кърикIуахэр къыщапщытэжащ Мэз хозяйствэмкIэ департаменту КИФЩI-м щыIэм и унафэщI Костенич Петр иригъэкIуэкIа зэIущIэм. Абы щытепсэлъыхьащ КъБР-м ЩIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэм иригъэкIуэкIа лэжьыгъэхэм. Министерствэм къыхуагъэуващ Федеральнэ къэрал мэзхъумэ IэнатIэм и нэIэ щIэту, мэзхэр мафIэсым щыхъумэным хуэгъэза Iуэхугъуэхэр нэхъ щIэгъэхуэбжьауэ ирагъэкIуэкIыпхъэу. ЗэIущIэ нэужьым Костенич Пётр яIущIащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алийрэ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Говоров Сергейрэ. Апхуэдэуи Костенич хуэзащ КъБР-м ЩIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэм и кураторым. Ахэр тепсэлъыхьащ щIэуэ къащта къэрал унафэхэм япкъ иткIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэз хозяйствэхэм зэрызрагъэужьыну Iэмалхэм. Дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэнымкIэ и къэрал къулыкъущIапIэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щагъэунэхуащ Чувашие Республикэм щащIа, «Эльбрус-А» зыфIаща уэр щыкъуей зэращI топышэр зэрагъэлъатэ Iэмэпсымэмрэ, пшэхэр зэрызэбграху «Алазань-8М» ракетэмрэ. Ар щащIащ Iэмэпсымэхэр къыщIигъэкIыу Чебоксары къалэм дэт IуэхущIапIэм. Гъэунэхуныгъэхэм къагъэлъэгъуащ Iэмэпсымэхэмрэ ракетэхэмрэ сэбэпынагъышхуэ зэраIэр. „Алазань8М“ ракетэр мэкъумэшым елэжьхэм къагъэсэбэпмэ, уэм къарит хэщIыныгъэр хуэдитхукIэ игъэмэщIэнущ. РакетэщIэхэр пшэр зэбгрызыхухэм 2022 гъэм щыщIэдзауэ яIэрыхьэнущ. Мэкъумэшым елэжьу зи продукцэ къыщIэзыгъэкIхэм жармыкIэ къыхузэрагъэпэщынущ. ШыщхьэуIум и 28-29 махуэхэм. Ахэр сыхьэти 8-м щыщIэдзауэ 16 пщIондэ лэжьэнущ. ЖармыкIэм сату щызыщIэнухэм езыхэр зыхуеину хьэпшыпхэмкIэ, Iэнэ, жьауэ хуэдэхэмкIэ зыкъызэрагъэпэщыжыпхъэщ. ЖармыкIэр къалэм и щIыпIиплIым зэуэ щекIуэкIынущ: «Искож» хьэблэм Неделиным и цIэр зезыхьэ уэрамым тет 8-нэ унэм хуэзэу, «Стрелкэ»-м Мэлбахъуэм и цIэр зезыхьэ уэрамым 30-нэ унэм хуэзанщIэу (шыгъэжапIэм и гъунэгъуу), Байсултановым и уэрамым тет 35-нэ унэм деж, Александровкэм Калининым и уэрамым тет 102-нэ унэм и гъунэгъуу. ЖармыкIэм сату щызыщIыну хуей дэтхэнэми Налшык щIыпIэ администрацэм и электроннэ адресым - [email protected] - жыхуиIэм лъэIу тхыгъэ иригъэхьыпхъэщ. Абы теухуауэ фыщыщIэупщIэ хъунущ мы телефонхэмкIэ: 40-94-22 - КъБР-м Мэкъумэш хозяйствэхэмкIэ и министерствэм шхыныгъуэхэмрэ зи хьэпшып къыщIэзыгъэкIхэмрэ ядэлэжьэнымкIэ и IэнатIэ. моб. 8-960-426-05-57 - Налшык и щIыпIэ администрацэм и IэщIагъэлI. Апхуэдэ жармыкIэхэр дяпэкIи щIэх-щIэхыурэ къызэрагъэпэщыну я мурадщ. Абхъазым и утыкум щрагъэкIуэкIыу щыта жармыкIэри зэрылэжьа пIалъэм тету щытынущ. Республикэм и мэкъумэш IуэхущIапIэхэр щIым зэрелэжьыну техникэщIэхэм къахэхъуащ. 2021 гъэм и шыщхьэуIум и 10-м мэкъумэшхэкIхэр къыщIэзыгъэкIхэм къащэхуащ техникэ лIэужьыгъуэу 105-м нэблагъэ. Абыхэм ящыщу 62-р тракторщ, 12-р гъавэр зэрыIуахыж комбайнщ Мэкъумэш техникэщIэхэр зэрызыIэрагъэхьэр лизингым и IэмалхэмкIэщ. Мы илъэсым лизингым и фIыгъэкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым къыIэрыхьащ техникэрэ абы ехьэлIа Iэмэпсымэу 40-м нэблагъэ. Абыхэм сом мелуан 210,5-рэ яхуэзащ. «Кавказ Ищхъэрэм и Урысейсетхэр» IуэхущIапIэм хыхьэ «Къэббалъкъэнерго»-м и лэжьакIуэхэм сом мелуан 15,5-рэ и уасэ техникэщIэ яритащ - лъагапIэм зэрыдэкIуей Iэмэпсымэ зэрыт автомобилрэ зэрылажьэ кранрэ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, иужьрей илъэситIым щIыналъэ къудамэм транспорт лIэужьыгъуэу 82-рэ къратащ. Абы щыщу «Лада Гранта» автомашинэм хуэдэу 57-рэ, УАЗ-у 13, «Рено Логан» автомашинэу 5, кран, автовышкэ, манипулятору 5. Иужьрейуэ кърата автовышкэм энергетикэм и лэжьакIуэхэр метр 18-кIэ иIэтыфынущ, тонн I6 зи лъагагъ автокранми метр 18-кIэ удрихьеифынущ. Абы тынш къащищIынущ унэ лъагэхэм къыщагъэсэбэпыну ток Iэмэпсымэхэр ираукъуэдииныр. «ТехникэщIэхэр къызэрытхуэщхьэпэнум шэч хэлъкъым. Апхуэдэуи, абыхэм Iэмал къыдатынущ технологие и лъэныкъуэкIэ ныкъусаныгъэ къыхэмыкIыу ди лэжьыгъэр ипэкIэ дгъэкIуэтэнымкIэ» къыхигъэщащ «Къэббалъкъэнерго»-м и унафэщI Къарэ Муртаз. 2020 - 2021 гъэхэм «Кавказ Ищхъэрэм и Урысейсетхэм», - Налшык, Бахъсэн, Тэрч, Тырныауз, Нарткъалэ, Бахъсэн, Май, Прохладнэ щIыналъэхэр зыхуэныкъуэ псомкIи къызэригъэпэщыну и пщэ дилъхьэжащ. Зи гугъу тщIы компанием къалэн зыщищIыжа Iуэхугъуэхэр зэригъэзащIэм и щыхьэтщ къаIэрыхьа автомашинэхэри. ТехникэщIэхэр къызэгъэпэщащ зэрыкIэлъыплъ IэмэпсымэщIэхэмкIи. Абыхэм я фIыгъэкIэ ахэр дэнэ щылажьэми «Кавказ Ищхъэрэм и Урысейсетхэм» я IэщIагъэлIхэр кIэлъыплъыфынущ. НафIэдз Мухьэмэд.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2394.txt" }
Адыгэ сурэтыщI цIэрыIуэхэу Пащты зэадэзэкъуэр гъуазджэр фIыуэ зылъагъухэм яIущIащ Гъуазджэ Хабзэ дахэ зэрыхъуащи, зи зэфIэкIрэ зи гуащIэрэ цIыхубэм я пащхьэ изылъхьэ гъуазджэ лэжьакIуэхэм ирагъэкIуэкI гъэлъэгъуэныгъэхэм иужькIэ я IэдакъэщIэкIхэм дихьэххэм зыIуагъэщIэж, я гугъэмрэ мурадхэмкIэ ядогуашэ, зытет дунеймрэ зыхэпсэукI гъащIэмрэ ехьэлIауэ кърат упщIэхэм я жэуапхэр иратыж. Зи сурэт гъэлъэгъуэныгъэ Къэбэрдей-Балъкъэрым иджыблагъэ щезыгъэкIуэкIа адыгэ сурэтыщI цIэрыIуэхэм, Пащтыхэ Германрэ Алимрэ, къызэрагъэпэщу Налшык къалэ дэт, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ сурэт гъуазджэхэмкIэ музейм щызэхаша пресс-зэIущIэр гъэщIэгъуэн дыдэт. Музейм и унафэщI Ремхен Еленэ зэIущIэр къыщызэIуихым къызэхуэсахэм яжриIащ сурэтыщIхэм яхуэзэн гупсысэр кIуэрыкIуэм тету къызэрыунэхуар, ауэ ар куэдым ягу зэрырихьынур – уэршэр жыпхъэм ит зэпсэлъэныгъэр гуапэ зэращыхъунур гъэлъэгъуэныгъэм кърихьэлIа цIыхур зэрымымэщIам къигъэлъэгъуат. – ДыкъыщIэкIуар дызэрыцIыхушхуэм, дызэрыдахэм дыфхутепсэлъыхьыну аракъым, – жиIащ гушыIэ хэлъу Пащты Герман, – атIэ дыдэзыхьэх Iуэхугъуэхэм, дызэлэжьым я гугъу фхуэтщIын щхьэкIэщ. Ди гъащIэр зытеухуар сурэт щIынырщ. Дыщыпсэур дуней зэхуэщIауэ зэрыщымытыр, атIэ щIэуэ къежьэм дыпэджэжыну дызэрыхэтыр, ди лэжьыгъэм хэтлъхьэ щIэщыгъуэм дыкъызыхэкIа лъэпкъым, дыкъыщыхъуа щIыналъэм я хуэмэбжьымэ щыдгъэуну дызэрыхущIэкъур къэтIуэтэну арат. СурэтыщIхэм я гъэлъэгъуэныгъэ бжыгъэншэхэм ирихьэлIэу къыдагъэкIа сурэт зэужьхэр къызэхуэсахэм я пащхьэ иралъхьэри, нэхъ щIэупщIэ зиIэ, я цIэм епхауэ IэщIагъэлIхэм куэдрэ щапхъэу къагъэлъагъуэ сурэтхэм тепсэлъыхьащ. ИригъэкIуэкI лэжьыгъэм пэIэщIэу зэрымыпсэуфынур, абы кърит гукъыдэжым гупсысэщIэрэ гузэхэщIэ плъыфэбэрэ къызэрихуигъэщIым дихьэхауэ Пащты нэхъыщIэр шэщIауэ ирипсэлъащ. Герман и псалъэмакъыр езым и лэжьыгъэм и мызакъуэу, и гъэсэнхэм я IэдакъэщIэкIхэми я гугъу ищIкIэрэ иукъуэдиящ. ТIуми я псалъэр зыхуэкIуэр зыт – лэжьыгъэм къарит къарум псыщIэгъэлъадэ яхуэхъум лъэпкъ нэщэнэ халъхьэну, а хъэтIыр нэгъуэщIхэми иратыну зэрыхущIэкъухэрт. Пащтыхэ я сурэт Iэпэщысэхэм дихьэххэм ирагъэлъэгъуащ «Иджырей сурэтыщI» фIэщыгъэр иIэу дуней псом щыцIэрыIуэ, гъуазджэ унэтIыныгъэ зиIэ журналыр. Абы итт Пащты Герман и Iэдакъэ къыщIэкIа, урысыбзэкIи чынтыбзэкIи (китаибзэкIи) зэгъэпэща тхыгъэри. ЕгъэджакIуэ IэнатIэм пэрыувэн хуей щIэхъуам къахутепсэлъыхьыну Герман лъэIукIэ зыщыхуагъазэм, Пащты нэхъыжьыр пыгуфIыкIри, иригъэджэнуи егъэджэныгъэм хыхьэнуи игу зэримылъар жиIащ. Ауэ щIэх-щIэхыурэ ирагъэблагъэурэ и лэжьыгъэм теухуауэ сабийхэм яхутепсэлъыхь щыхъум, ахэр я тхьэкIумэр тегъэхуауэ къызэредаIуэм, жиIэр зэрафIэгъэщIэгъуэным гу лъитащ. «Абы иужькIэ егъэджэныгъэм сыхыхьэмэ, абы си гуащIэ хэслъхьэмэ, и щхьэпэ къэкIуэну къэслъытащ, – жиIащ Пащты Герман. – ЦIыхур цIыху щIыжщ, жаIэ. КъытщIэхъуэ щIэблэм дызыщыгъуазэмкIэ, хуэIэижь дызыхуэхъуа IэнатIэм хэлъ щэхухэмкIэ дадэгуашэмэ, дахагъэр дунейм зэрыщытхуэгъэбэгъуэнум сегупсысащ. Япэ лъэбакъуэхэр егъэджэныгъэм хэсча нэужь, сэ къызгурыIуэпащ абдеж зыгуэрхэр къызэрыщысхуэгъэпкIынур». Пащты Герман Красноярск къалэм дэт къэрал гъуазджэ институтым илъэс щэщI хъуауэ щолажьэ, абы и профессорщ. Мыбдеж къыхэгъэщын хуейщ «Пхъэм сурэт тещIэнымкIэ (ксилографие) красноярск сурэтыщIхэм я хасэ» Пащтым къызэрызэригъэпэщари. А еджапIэм хуэдэ Урысейм иткъым, сурэт гъуазджэ Iэмэпсымэу пхъэр зезыхьэ сурэтыщI щэ ныкъуэм нэблагъи а хасэм хэтщ. Пресс-зэIущIэм кърихьэлIахэм яфIэгъэщIэгъуэнащ Пащты Герман и сурэтхэм я гъэлъэгъуэныгъэ Урысейм гъуазджэхэмкIэ и академием и гъэлъэгъуапIэм мызэ-мытIэу зэрыщекIуэкIари. Iэмалыр куэдым яIэкъым, апхуэдэ гъэлъэгъуэныгъэхэм я зэхэублакIуэ хъури Академием и унафэщI Церетели Зурабщ. «Сыт хуэдэ IэнатIэ сыпэрымыувэми, къызэдаIуэми, къыскIэлъыплъми яжесIэр зыщ – езыхэм я хъэтI зрагъэгъуэтыжыну, я гъуэгу яубзыхужыну, я уней дуней лъагъукIэр утыку кърахьэну, – жиIащ Герман. – Яхуэздэркъым, уеблэмэ сапэроуэ сэ зыкъызагъэщхьыну иужь щихьэкIэ. Пащты Герман и еджапIэ щыжаIэм деж цIыхум игу нэхъапэ къэкIын хуейр ди унэтIыныгъэм зэдайуэ хэлъ щхьэхуэныгъэхэракъым, атIэ дэтхэнэри дызэрызэмыщхь, дызэрызэщхьэщыкI нэщэнэхэрщ. ЦIыху къэс зэщхькъым, и гупсысэрэ и псэлъэкIэрэ иIэжщ. Сурэт щIынри псэлъэкIэ лIэужьыгъуэщ, цIыхум узэрепсалъэ Iэмалщ. Абы къыхэкIыу дэтхэнэри дуней щхьэхуэу щытын хуейщ». Ар жиIэри, сурэтыщIым къызэхуэсахэм зы альбом яригъэлъэгъуащ, и гъэсэнхэм я сурэтхэр, хэщIапIэр, телефонхэр иту. Сыт хуэдизу яхуэткIийуэ щымытми, абыхэм яхуиIэ гу хуабэныгъэр сурэтыщI цIэрыIуэм хуэмыбзыщIу дэтхэнэми тепсэлъыхьырт. И къуэм и гугъу щищIым, Герман жиIащ абы 1995 гъэм Германием гъуазджэ IуэхухэмкIэ и IуэхущIапIэм и стипендием папщIэ екIуэкIа зэхьэзэхуэм зэрыщытекIуам, абы и фIыгъэкIэ Алим и щIэныгъэм сурэт щIынымкIэ Галле дэт академием щыхигъэхъуэну Iэмал иIэ зэрыхъуар. Ар кърихьэлIа нэужь, Алим графикэмкIэ, скъарыщIэмкIэ, медиа-гъуазджэмкIэ Burg Giebichenstein жыхуаIэ гъуазджэ академием и аспирантурэхэр къызэриухари къыхигъэщащ. «2003 гъэ лъандэрэ сэ нэхъ сызыIэпызышауэ сызыхэтыр видеосурэт къэгъэщIыкIэрщ, е, нэгъуэщIу жыпIэмэ, видеоинсталляциеращ, – жиIащ Алим. – Сурэт зытесщIыкIымрэ абы и ныбжьымрэ зэрызэхэхьэжым, ар гъэлъэгъуапIэм къызэрытридзэжымрэ сфIэгъэщIэгъуэнщ. Куэд лъандэрэ сызыIыгъ апхуэдэ зы гупысысэ нахуэу згъэлъэгъуэну 2005 гъэм къызэхъулIащ – фарфорым къыхэщIыкIа гуащэхэм (матрёшкэхэм) я ныбжьым цIыху нэгур зэризагъэм, къызэрытещым, къызэриплъым епха проектыр утыку къисхьат. А лэжьыгъэм къызита гукъыдэжым къищынэмыщIауэ, цIыхум къызэращтам, хьэлэмэт къазэрыщыхъуам къаруушхуэ къысхилъхьат». Алим Германием 1995 гъэ лъандэрэ зэрыщыпсэур жиIащ, илъэс IэджэкIэ литографием зэрыхэтам, иужьрей илъэсхэм скъар къыхэгъэжыкIыным зэрыдихьэхам тепсэлъыхьащ. Апхуэдэу абы мы лъэхъэнэхэм фильм зэрытрихри къыхигъэщащ. «Фильмым и сценарийр зытхари, режиссёр къалэнхэр зыгъэзащIэри, сурэтхэр хуэзыщIри сэращ», – жиIащ Алим. Пащты нэхъыщIэм иригушхуэу и гугъу ищIащ Корее Ипщэм щекIуэкIа сурэт зэпеуэм фарфорымрэ керамикэмкIэ и IэдакъэщIэкIхэр зэрыщигъэлъэгъуар, абдеж и лэжьыгъэхэр фIыхэм ящыщу къызэралъытар. «Зэпеуэр зэфIэкIыу къэзгъэзэжа нэужь, зэрымыщIэкIэ къэсщIауэ аращ а зэпеуэми дыжьын медалыр къызэрысхуагъэфэщар», – жиIащ Алим, а дамыгъэм абы дежкIэ мыхьэнэ зэриIэр къыхэщу. Алим пресс-зэIущIэм хэтхэм псалъэм къыдэкIуэу ядэгуэшащ мы лъэхъэнэм метрий зи лъагагъ фарфор пкъыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм вазэ къызэрыхищIыкIыр. Пащты зэадэзэкъуэм я IэдакъэщIэкIхэм, я лэжьыгъэхэм ящыщ гуэр ахэр щалъхуа щIыналъэм къахьыным теухуауэ куэд щыщIэупщIэм, тIури пыгуфIыкIащ, «Ар щэхуу къренэ. Узэгупсысыр гупсысэу къэнэныр зы щытыкIэщи, ар нахуэ хъуныр нэгъуэщI Iуэхущ», – жиIащ Герман. ЗэIущIэр дахэу екIуэкIащ, псалъэмакъ гъущэу щымыту, зэзэмызэ гушыIэри къыхыхьэу, уэршэр щабэм тету. Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ и министрым и къуэдзэ Карчаевэ Аминат Пащтыхэ я лэжьыгъэм, я гуащIэдэкIым Къэбэрдей-Балъкъэрыр ину зэриIэтыр икIи зэригъэгушхуэр яжриIэри, цIыхухэм къазэрепсэлъылIам папщIэ фIыщIэ яхуищIащ. ШУРДЫМ Динэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2395.txt" }
Театрым и тхыдэм щыщ КъБР_м и Къэралыгъуэм и махуэм ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр игъэбжьыфIэрэ адыгэ лъэпкъым набдзэ хуэхъуу, илъэс 80-м щIигъуауэ мэлажьэ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрыр. Куэдщ театрым нобэ иIэ ехъулIэныгъэхэр икIи жыжьэ къыщожьэ ахэр. Республикэм, адыгэм я щэнхабзэм и курыхыр здэщыIэ «дыщэ гуэныр» Ленин еджапIэ къалэ цIыкIум 1933 гъэм лъэпкъ гъуазджэм и областной студиеу къыщызэIуахауэ арат. Студием и къалэнт Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщызэрагъэпэщыну къэрал драмэ театрым и лэжьакIуэхэр игъэхьэзырыну. 1933 гъэм фокIадэм и 23-м къыдэкIа «Ленин гъуэгу» газетым тетащ: «Адыгэхэм театрыр зищIысыр ящIэртэкъым. Я бзэм хэтыххэкъым «артист», «театр» псалъэхэр». Адэ-анэхэм куэдрэ елъэIун хуей хъуащ я бынхэр студием щрагъэджэну яутIыпщын щхьэкIэ. Республикэм и унафэщIхэм, псом хуэмыдэу Къалмыкъ БетIал и фIыгъэкIэ, еджакIуэхэм я бжыгъэр ирагъэкъури, яутIыпщауэ щытащ. Студием и унафэщIт режиссер-егъэджакIуэ Шевченкэ Ф.А., сценэм зэритын хуейм хуигъасэрт Шиккер И.К. Студием япэ дыдэу щеджар Чым Тембот, Бэрэздж Iэбу, Мзокъуэ Къамбулэт сымэщ. ЕджакIуэхэр щIэныгъэм зэрыдихьэхым, абыхэм я япэ творческэ ехъулIэныгъэхэм емылъытауэ, щIэх дыдэу гурыIуэгъуэ хъуащ лъэпкъ театрым щылэжьэнухэр студием зэримыгъэхьэзырыфынур, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, зэрырагъаджэ пIалъэр мащIэ дыдэт, езыгъэджэн IэщIагъэлIхэри республикэм щыгъуэтыгъуейт. Iуэхум и хэкIыпIэр нэгъуэщIт. АбыкIэ дэIэпыкъуэгъу хъуащ студием и Iуэхур зыIутыр зыщIэ Фурмановэ А.Н., а зэманым арат Луначарскэм и цIэр зэрихьэу Театр гъуазджэмкIэ Москва дэт институтым и унафэщIри, илъэситхукIэ щрагъаджэ лъэпкъ студие институтым къыщызэIуихыну къахуигъэлъэгъуащ. Ар хуабжьу ягу ирихьащ республикэм и унафэщIхэм. 1935 гъэм и мэкъуауэгъуэ-шыщхьэуIу мазэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуажэхэм ныбжьыщIэхэр къыщыхахащ Театр институтым и доцент Ефремов А.А., УФ-м и цIыхубэ артист Судаков И.Я. сымэ. ЩIалэгъуалэр Москва еджакIуэ яутIыпщащ абы щыгъуэ, а гъэ дыдэми Налшык адыгэ студие къыщызэрагъэпэщащ, Къэбэрдей лъэпкъ колхоз-совхоз театр къыхащIыкIын мурадкIэ. 1936 гъэм мэкъуауэгъуэм и 13-м Облисполкомым и Президиумым и зэIущIэ екIуэкIащ. Зы Iуэхугъуэт абы къыщаIэтар - «Къэбэрдей лъэпкъ театр къызэгъэпэщыным теухуауэ», щIыналъэ театр курсхэр къэзыуха цIыху 12 абы щылэжьэнуи яубзыхуащ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ, 1937 гъэм накъыгъэм и I-м Къэбэрдей колхоз-совхоз театрым лэжьэн щIидзащ, Станиславский Н.Д. и художественнэ унафэщIу, режиссёр нэхъыщхьэу. Абы актёру щылажьэрт: Тубай М., ДыщэкI КIу., Шортэн Д., Гуо А., Гъуэныбэ М., Къамбий Т., Нартыжь С., Сэхъу К., Къэбэрдокъуэ А. Абы щыгъуэм япэ спектаклхэр ягъэуват адыгэ режиссёрхэу Шортэн А.Т., Мыд Хь.Хь. сымэ. 1940 гъэм и гъэмахуэм, илъэситхукIэ ГИТИС-м щеджауэ, къэкIуэжауэ щытащ адыгэ, балъкъэр студиехэр къэзыухахэр. ГИТИС-м къыщIигъэкIа япэ адыгэ студием хэтащ: Сибэч Быхуэ, ТIыхъужь Алий, Сонэ Мухьэрбий, Балъкъэр Калисэ, КъардэнгъущI Зырамыку, Щхьэгъэпсо Мухьэмэд, Шэрий Азрум, Щхьэгъэпсо Таужан, Къумахуэ Хужь, Сонэ Башир, Тхьэзэплъыж Азрэт, Атэлыкъ Тазрэт, Жыгун Тимофей. Артист ныбжьыщIэхэм ГИТИС-м щагъэувауэ къашэжат Бомарше и «Женитьба Фигаро», Островскэм и «Таланты и поклонники», КъардэнгъущIым и «Къанщобийрэ Гуащэгъагърэ» спектаклхэр. 1940 гъэм жэпуэгъуэм и 27-м Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхыдэм щыяпэу Бомарше и «Женитьба Фигаро» спектаклымкIэ адыгэ театрыр къызэIуахауэ щытащ. Ар адыгэ труппэм и премьерэт. Зауэ нэужьым, 1958 гъэхэм ГИТИС-м щеджауэ къагъэзэжащ етIуанэ студием. Ахэр: Къаздэхъу СулътIан, Мысостышхуэ Пщызэбий, Сэкрэк Мухьэдин, Мэкъуауэ Николай, ТIыхъужь Iэниуар, Теувэж Уэсмэн, Шыгъушэ Лидэ, Срыкъуэ ХьэмщIасэ, ШэрыIужь Анатолэ, Нало Зое, Щоджэн Хьэбас, Къущхьэ Къанщобий, Къуэдзокъуэ Хьэсэн, Урыс Мухьэзир, Iэщнокъуэ Тамарэ, Мер Ленэ сымэт. ГИТИС-м нэмыщI ди лъэпкъэгъухэр щеджащ Щукиным и цIэр зезыхьэ театр училищэми. Апхуэдэу 1975 гъэм ди театрым къагъэзэжауэ щытащ абы япэу щеджа студием: Ахэмын Мухьэрбэч, Балъкъэр Юрий, Балъкъэр Тамарэ, Балъкъыз Валерэ, БжэIумых Барисэт, Джэдзауэ Венерэ, Иуан Владимир, Къэжэр Борис, КIэмыргуей Валентин, КIуэкIуэ Елезаветэ, Мэшыкъуэ Феня, Мэрзей Залым, НэщIэпыджэ Марие, Соблыр Аслъэн, Тэтэр Анатолэ, Фырэ Руслан, Хьэмыку Жаннэ, ХьэщIэмахуэ ФатIимэ, Хъыдзэдж Борис, Шэрджэс Мухьэмэд, Шыбзыхъуэ Басир, Щэрмэт Людмилэ, Щыхъалы Анатолэ. 1988 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал драмэ театрым етIуанэ гупыр къахыхьэжащ: Быдэ Хьэсэн, Дэбагъуэ Роман, Дэхъушокъуэ Мадинэ, Къаздэхъу Ларисэ, КIэнцIэлий Роман, Къумахуэ Мухьэдин, КIарэ Ларисэ, Лу Рэмэзан, Мэкъуауэ ФатIимэ, Мысост Вадим, Сэралъп Роберт, Тэмазэ Лиуан, ТыIэщ Маринэ, Тхьэщыгъуей Жаннетэ, Хьэщэ Къанщобий. Щукиным и цIэр зезыхьэ театр училищэм щIэныгъэ щызрагъэгъуэтауэ 2015 гъэм къэкIуэжащ: Жыкъуэ Назир, Багъ Иннэ, Батыр Iэдэм, Блашэ Имран, Джатэгъэжь Константин, Зэмай Аминэ, Къурмэн Регинэ, МафIэдз Заирэт, Сэбаншы Еленэ, Семэн Астемыр, Шыпш Къантемыр, Щоджэн Асир сымэ. Къэбэрдей театрым щагъэува спектаклхэр Урысей Федерацэм и щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэми, хамэ къэралхэми щагъэлъэгъуащ: Тыркум, Сирием, Иорданием, США-м, Украинэм; Дагъыстэн, Шэшэн, Адыгей, Къэрэшей-Шэрджэс, Осетие Ипщэмрэ Ищхъэрэмрэ, Абхъаз, Къалмыкъ республикэхэм; Дон Iуфэ Iут Ростов, Пятигорск, Ставрополь, Сыхъум, Сочэ, Москва къалэхэм. НобэкIэ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей драмэ театрым актер 42-рэ щолажьэ, абыхэм яхэтщ УФ-м, КъБР-м, Ингушым, Адыгейм щIыхь зиIэ я артистхэр, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ артистхэр, Урысей Федерацэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэхэр. НэщIэпыджэ Замирэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2396.txt" }
Нобэ ♦ЕтIуанэ дунейпсо зауэр щиуха махуэщ. Абы и щыхьэту, 1945 гъэм США-м и «Миссури» кхъухьым Iэ щытрадзащ Японием зэрызитым теухуа дэфтэрым. ♦Урысей гвардием и махуэщ ♦УФ-м и Полицэм и плъыр-пост къулыкъум и махуэщ ♦Вьетнамым и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ (1945 гъ.) ♦США-мрэ Канадэмрэ щагъэлъапIэ лэжьыгъэм и махуэр ♦1794 гъэм Одессэ къалэр ухуэн щIадзащ. ♦1918 гъэм Урысейпсо гъэзэщIакIуэ комитет нэхъыщхьэм къызэригъэпэщащ Республикэм и дзэ советыр. ♦1943 гъэм Къанкъуэщ Ахьмэдхъан Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэр къыфIащащ. ♦1958 гъэм япэу дыдэу эфирым къихьащ Китайм и телевиденэр. ♦1971 гъэм Хьэрып Республикэ Зэгуэтыр Мысыр, Сирие къэралыгъуэхэу зэхэкIащ. ♦1993 гъэм Урысеймрэ США-мрэ Iэ традзащ Дунейпсо хьэрш станц ухуэным теухуа зэгурыIуэныгъэм. ♦2002 гъэм РТР телеканалым зэреджэр «Урысей», ОРТ-м – «Япэ канал» жиIэу зэрахъуэкIащ. ♦1926 гъэм къалъхуащ совет актёр щэджащэ, СССР-м и цIыхубэ артист Леонов Евгений. ♦1930 гъэм къалъхуащ совет композитор, фильм цIэрыIуэ куэдым я макъамэхэр зытха, СССР-м и цIыхубэ артист Петров Андрей. ♦1935 гъэм къалъхуащ театрымрэ киномрэ я актёр, УФ-м и цIыхубэ артист Гафт Валентин. ♦1944 гъэм къалъхуащ совет актёр, Урысей Федерацэм и цIыхубэ артист Филиппенкэ Александр. ♦1953 гъэм къалъхуащ УФ-м щIыхь зиIэ артисткэ Прокловэ Еленэ. ♦1954 гъэм къалъхуащ сурэтыщI-живописец Ерчэн Исуф. ♦1963 гъэм къалъхуащ УФ-м футболымкIэ и командэ къыхэхам и тренер нэхъыщхьэу щыта, Урысейм спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер Черчесов Станислав. ♦1964 гъэм къалъхуащ США-м щыщ актёр цIэрыIуэ Ривз Киану. ♦1983 гъэм къалъхуащ атлетикэ хьэлъэмкIэ спортым и мастер, дунейпсо чемпионатым жэз, Европэпсо зэпеуэм дыжьын медалхэр къыщызыхьа Къардэн Рагнеттэ. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, пIалъэ-пIалъэкIэрэ уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 21 - 22-рэ, жэщым градус 16 - 17 щыхъунущ. Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2397.txt" }
Ласицкене и саугъэт лъапIэхэр КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и унафэкIэ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и пащхьэм щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденыр хуагъэфэщащ иджыблагъэ Токио щекIуэкIа Гъэмахуэ Олимп джэгухэм лъагэу дэлъеинымкIэ цIыхубзхэм я зэпеуэм щытекIуа Урысейм спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер Ласицкене (Кучинэ) Марие. Республикэм и унафэщIым и фIыщIэр лъысащ абы и гъэсакIуэ Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и тренер Габрилян Геннадий. КъищынэмыщIауэ, Токио и олимп чемпионкэ Ласицкене Марие КъБР-м и Правительствэм и унафэкIэ къратынущ саугъэту сом мелуан. Японием щыIа зэхьэзэхуэм хэта нэгъуэщI прохладнэдэс Акименкэ Михаил лъагэу дэлъеинымкIэ цIыхухъухэм я зэпеуэм медалыншэ щыхъуами, ди деж Iыхьэншэ щащIакъым. Абы иратынущ сом мин 250-рэ. Ласицкенерэ Акименкэрэ я тренерхэм хухахынущ я гъэсэнхэр зэрагъэпажам и ныкъуэ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, Токио къызэрикIыжу Ласицкене Марие, Японием къыщыхэжыныкIа адрей спортсменхэми ягъусэу, Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир Кремлым щригъэблэгъащ икIи «Зэныбжьэгъугъэм и орденымрэ» ахъшэ саугъэту сом мелуаниплIрэ къритащ. Олимп чемпионкэм и тренер Габрилян Геннадий сом мелуанитI лъысащ. А псом ищIыIужкIэ, ди лъахэгъу цIэрыIуэр мыгувэу щагъэлъапIэнущ Къэбэрдей-Балъкъэрым дэщIыгъуу зи щIыхьыр ихъумэ Мэзкуу областми. Псалъэм къыдэкIуэу къыхэдгъэщынщи, 2021 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм Урысей Федерацэм и командэ къыхэха зэмылIэужьыгъуэхэм хэту къыхэжаныкIа ди республикэм и спортсмени 140-мрэ абыхэм я гъэсакIуэхэмрэ КъБР-м и бюджетым къыхэкIыу псоми зэхэту сом мелуанищым щIигъу хухахынущ. Хьэтау Ислъам.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2398.txt" }
Мыхьэнэшхуэ зиIэ гуфIэгъуэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэу пщIэ зыхуэсщIхэ! Нобэ дэ догъэлъапIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ гуфIэгъуэ - Республикэм и махуэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэрал ухуэкIэр, жылагъуэ-политикэ и лъэныкъуэкIэ зы­тетыну мардэхэр зыхуэдэнур а махуэрщ щаубзыхуар икIи республикэм и тхыдэ ­гъуэгуанэр абы епхащ, ар зэкъуэтынымрэ зэрыIыгъынымрэ, зэныбжьэгъунымрэ зы­зэхэщIыкIынымрэ я дамыгъэщ. Урысейм хэту автономие зэригъуэтар мыхьэнэ нэхъ ин дыдэ зиIэ Iуэхуу уващ икIи республикэм щыпсэу цIыхубэм я дежкIэ къыпхуэмылъытэным хуэдиз къа­ру иIащ, абы зиужьынымкIэ Iэмалы­щIэ­хэр къыхузэIуихащ. Дэ пщIэшхуэ яхудощI Къэбэрдей-Балъкъэрыр ухуэным, абы зиужьыным зи Iущагъ, лэжьыгъэ, къару езыхьэлIахэм, дрогушхуэ ди лъахэгъу куэ­дым я лIыхъужьыгъэхэм, лэ­жьыгъэфI­хэм, къэралми дуней псоми щыцIэрыIуэ къэрал къулыкъущIэхэмрэ щIэныгъэлI­хэмрэ, усакIуэхэмрэ тха­кIуэ­хэмрэ, музыкантхэмрэ спортсменхэмрэ я зэфIэкIхэм. Дэ ди къалэныр нэхъыжьхэм я хабзэфI­хэм пытщэнырщ, Къэ­бэрдей-Балъ­къэ­рым и ехъулIэныгъэхэр дгъэбэгъуэ­нырщ, дыщалъхуа щIыналъэр нэхъри ефIэ­кIуэ­ным хьэлэлу ды­хуэлэжьэнырщ. Нобэ республикэм ехъулIэныгъэкIэ щагъэзащIэ иджырей инвестицэ проектхэр, промышленностымрэ мэкъумэш IэнатIэмрэ, узыншагъэр хъумэнымрэ егъэ­джэ­ныгъэмрэ, спортымрэ туризмэмрэ къыщыхалъхьэ жэрдэмыщIэхэр, жы­джэ­ру къагъэIэрыхуэ бжыгъэр зи лъабжьэ технологиехэр. Республикэм и зыужьыныгъэм и унэтIыныгъэ нэхъыщ­хьэм и мурадыр цIыхухэм я псэукIэу къы­зэрыгуэкI пщалъэхэм изагъэхэр егъэ­фIэ­кIуэнырщ: Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ дэтхэнэ зы цIыхури абы и унагъуэри тыншу, зыхуей хуэзэу псэунырщ; езым и зэфIэкIымрэ зэчиймрэ къигъэлъэгъуэ­нымкIэ Iэмал иIэнырщ; гугъуехь хэхуэмэ, абыхэм щыхъума зэрыхъуну хэкIыпIэхэр иIэнырщ; я сабийхэм я къэкIуэнумкIэ адэ-анэхэр мыгузэвэнырщ; нэхъыжьхэм гулъытэ яхуэ­щIынырщ; щалъхуа республикэм цIыху­хэр ирипэгэнырщ. Илъэс къакIуэ дэ дгъэлъэпIэнущ тхы­дэ мыхьэнэ зиIэ пIалъэр - Къэбэрдей-­Балъ­къэр Республикэр къызэрызэрагъэ­пэщрэ илъэси 100 зэрырикъур. Къэбэрдей-Балъкъэрым и илъэсищэ гъуэгуанэм къри­кIуахэр щыхьэт тохъуэ ди ехъулIэныгъэ ­псоми я лъабжьэу щытыр дэтхэнэ ­зыми егугъуу и лэжьыгъэр игъэ­зэщIэныр зэ­рыарар. Шэч ­къытесхьэркъым, дэ зы­хуэдгъэувыжа ­къалэнхэр, дызэдегугъу­мэ, зэрытхуэгъэ­зэ­щIэнум, дыщалъхуа Къэ­бэрдей-Балъ­къэрым адэкIи нэхъри зэ­рызед­гъэу­жьыфынум. Ди къарур зыхэлъыр ди зэкъуэтыныгъэрщ. Ди текIуэныгъэхэр къызыдэкIуэнури аращ. Республикэм щыпсэу псоми си гум къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу мамыру, фыузыншэу, ехъулIэныгъэхэр фиIэу, зэ­Iузэпэщу фыпсэуну. МахуэшхуэмкIэ, си хэкуэгъу лъапIэхэ!
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2399.txt" }
Абы дегъэпIейтей Илъэс кIуам щэкIуэгъуэм и 29-м КъБР-м и жылагъуэ лэжьакIуэ гуп (тхакIуэхэри, щIэныгъэлIхэри яхэту) Къэбэрдей-Балъкъэрым и унафэщIхэм тхыгъэкIэ зыхуагъэзат. Абы къыщаIэтар псори зыгъэпIейтей Iуэхуу къызэрытлъытэм къыхэкIыу, а тхыгъэ дыдэр КъБР-м и Iэтащхьэ щIалэ КIуэкIуэ Казбеки хуедгъэхьащ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек деж ПщIэ зыхуэтщI Казбек Валерий и къуэ! Къэбэрдей-Балъкъэрыр итщ Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм и курыкупсэм, и гъунэгъу республикэхэм пщIэшхуэ къыхуащI, гъащIэм зыщрихьэлIэ Iуэху зэмылIэужьыгъуэхэм я зэфIэхыкIэмкIэ куэдым щапхъэ яхуохъу. Ар нэхъыбэу щынэрылъагъущ егъэджэныгъэм, щIэныгъэм, щэнхабзэм япыщIа Iуэхугъуэхэм. ЩIыдэлъху лъэпкъхэм я анэдэлъхубзэмрэ литературэмрэ хъумэнымрэ зегъэужьынымрэ сыт щыгъуи гулъытэ щхьэхуэ хуащIу ди республикэм и унафэщIхэр къогъуэгурыкIуэ. Мыбдеж къыхэгъэщыпхъэщ тхылъ къыдэгъэкIын IэнатIэм щылажьэу Кавказ Ищхъэрэм щыIэ IуэхущIапIэхэм я нэхъ пашэ икIи зэпIэзэрыт «Эльбрус» тхылъ тедзапIэми абы епхауэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ куэд зэрызэфIигъэкIыр. Иужьрей илъэсхэм тхылъ тедзапIэм къыдигъэкIащ КIыщокъуэ Алим (томи 6 хъууэ), Кулиев Къайсын (томи 6 хъууэ), Нало Заур, Зумакуловэ Танзиля (том щырыщ хъууэ), Отаров Керим (томитI хъууэ), Бабаев Ибрэхьим, Къэшэж Иннэ сымэ, нэгъуэщIхэми я IэдакъэщIэкIхэр щызэхуэхьэса тхылъхэр. «Эльбрус»-м зэтриублащ къыдэкIыгъуэ куэду зэхэлъ тхылъхэр тедзэнри. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, «Адыгская историческая серия», «Балкарская историческая серия», «ЕджапIэм и библиотекэ», «Ди цIыху цIэрыIуэхэр», «Адыгэ литературэм и фIыпIэ», «Балъкъэр литературэм и фIыпIэ», н. Тхылъ тедзапIэм гулъытэшхуэ хуещI тхакIуэ ныбжьыщIэхэм я IэдакъэщIэкIхэми, «КъудамэщIэхэр» зыфIаща къыдэкIыгъуэм хиубыдэ тхылъхэр щIэх-щIэхыу тридзэкIэрэ. Апхуэдэуи дунейм къытохьэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ композиторхэмрэ сурэтыщIхэмрэ я лэжьыгъэ нэхъыфIхэр зэрыт тхылъхэмрэ альбомхэмрэ. «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм и лэжьыгъэм щхьэхуэу увыпIэшхуэ щеубыд анэдэлъхубзэкIэ школым зэрыщрагъаджэ тхылъхэр къыдэгъэкIыным икIи жыджэру ядолажьэ абы зи гуащIэ хэзылъхьэ IэщIагъэлIхэм. Ди курыт еджапIэхэм къыщагъэсэбэп учебникыу, псалъалъэу, егъэджакIуэхэм я дэIэпыкъуэгъу тхылъ зэмылIэужьыгъуэу 176-рэ щытрадзэ «Эльбрус»-м. Апхуэдэ щIыкIэкIэ тхылъ тедзапIэр жыджэру толажьэ анэдэлъхубзэхэмрэ лъэпкъ литературэхэмрэ хъумэнымрэ зегъэужьынымрэ. «Урысей Федерацэм зэрыщрагъаджэм теухуауэ» Федеральнэ Законым ипкъ иткIэ, УФ-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм къищтауэ щытащ курыт еджапIэхэм щрагъэдж хъуну тхылъхэмрэ пособиехэмрэ къыдэгъэкIыныр зыхуэфащэ тхылъ тедзапIэхэр къызэрыхах хабзэхэр. «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм хузэфIэкI ещIэ апхуэдэ хуитыныгъэ зиIэ издательствэхэм я бжыгъэм хыхьэнымкIэ. Дызэрыт зэманым ирихьэлIэу «Эльбрус»-м щытрадзэ учебникыу 33-р экспертизэм пхыкIри, зэрырагъаджэ тхылъхэм я федеральнэ бжыгъэм хэхуащ. Иджыпсту IуэхущIапIэр еужьэрэкIыу яужь итщ электроннэ учебникхэр къыдэгъэкIыным пыщIа Iуэхухэр зэтеублэным. ПщIэ зыхуэтщI КIуэкIуэ Казбек! Дэ хуабжьу дегъэпIейтей къэрал IуэхущIапIэу «Эльбрус» тхылъ тедзапIэр щIэуэ къэунэхуа «КъБР-Медиа» холдингым зэрыхагъэхьам. Дэ къызэрытлъытэмкIэ, ар хэзагъэркъым а IуэхущIапIэм. Тхылъ къыдэгъэкIыныр зыкIи епхакъым хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лэжьыгъэм, уеблэмэ абы хухах мылъкум и къэкIуэкIэр нэгъуэщIщ. КъищынэмыщIауэ, «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм къигъэсэбэп ахъшэм и процент 30 - 40-р езым къелэжьыж. Республикэм и печатым и тхыдэм уриплъэжмэ, зэкъым-тIэукъым газет, журнал къыдэзыгъэкI IуэхущIапIэ (хъыбарегъащIэ IэнатIэхэр техникэ IуэхутхьэбзэкIэ къызэзыгъэпэщхэри абы хэту) зэрызэтраублар, ауэ зэи къэувакъым тхылъ тедзапIэр абы хэгъэхьэным теухуа упщIэ. Мы тхыгъэмкIэ дэ дыщIолъэIу «Эльбрус» тхылъ тедзапIэр зи щхьэ хущытыж къэрал IуэхущIапIэ щхьэхуэу къэвгъэнэжыну. Ар къыхуэщхьэпэнущ ди республикэм егъэджэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ щыхъумэнымрэ зыщегъэужьынымрэ. Дэ хьэкъыу ди фIэщ мэхъу зи гугъу тщIы Iуэхур фIыкIэ зэфIэхыным ухэлIыфIыхьмэ, иджырей ди цIыхухэм я мызакъуэу, къэкIуэну щIэблэхэми фIыщIэ къызэрыпхуащIынур. Беппаев МутIалип, КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ, ХьэIупэ ДжэбрэIил, композитор, Урысейм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м и цIыхубэ артист, БищIо Борис, бзэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъЩIКъИ-м къэбэрдей-шэрджэсыбзэмкIэ и къудамэм и унафэщI, БЕППАЕВ Суфьян, «Алан» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ. ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КIуэкIуэ Джэмалдин, бзэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "24.txt" }
И псэр лъэпкъым хуэушэрт Адыгэ усакIуэ Къэшэж Иннэ Инал и пхъум (1944 гъэм Москва къыщалъхуащ) и анэр урыст, и адэр Къармэхьэблэ къыдэкIа адыгэ щIалэт. Хъыджэбзым къиухащ Горький Максим и цIэр зезыхьэ Литературэ институтыр, иужькIэ «Юность» журналми Москва и тхылъ тедзапIэ зыбжанэми щылэжьащ. Иннэ пасэу тхэн щIидзащ, илъэс 18 щыхъум дунейм къытехьащ и япэ усэ тхылъыр («Вольный Аул»). Тхылъым и пэублэ псалъэм Кулиев Къайсын щитхат: «ЦIыхум сыт хуэдэ зэчий бгъэдэлъми - ар фIыгъуэшхуэщ. Къэшэж Иннэ и усыгъэр щыщIэзджыкIым, абы и IэрыкIхэр сэ гъэщIэгъуэныщэ сщыхъуат. СфIэфIт мы тхылъым ихуа усэхэм апхуэдэ гурыщIэ щIэджыкIакIуэхэм я псэми къыщагъэушыну. ЦIыхубз усакIуэ цIыкIум и япэ тхылъыр мэжджытжыг пасэм е пхъэгу-лъей хужь къабзэм ебгъэщхь хъунущ». Кулиевым Иннэ и усыгъэр жыг гъэгъахэм зэрахуигъэдам мыхьэнэ иIэт, и япэ усэхэм щегъэжьауэ ар плъыфэбэу, гупсысэ щIэщыгъуэкIэ тхэуэ щытащи. КъызыхэкIа лъэпкъым, и къуэпсыр къыщежьэм Иннэ щытепсэлъыхькIэ, лIэщIыгъуэ жыжьэхэм дыхешэж, урыс пащтыхьымрэ абы щхьэгъусэ хуэхъуа адыгэ пщащэ Гуащэнэрэ я зэманым нэс. Апхуэдэ усэхэр Иннэ къехъулIахэм ящыщщ. Ипщэ, Ищхъэрэ щIыналъэхэм яхуиIэ лъагъуныгъэми Къэшэжым и усэ мымащIэ триухуащ, къызыхэкIа лъэпкъымрэ щыпсэуа щIыпIэмрэ яхуэпэжу зэрыщытам ар и нэщэнэу къыщIэкIынт. 1965 гъэм Налшык къыщыдэкIащ усакIуэ ныбжьыщIэм и етIуанэ тхылъыр, «Незаходящее солнце» фIэщыгъэ хэIэтыкIар иIэу. Абы ихуат Къэшэжым Хэкумрэ лъагъуныгъэмрэ ятриухуа и усэхэр. ГъащIэм хуиIэ еплъыкIэр усакIуэм псалъэ IущхэмкIэ къытхузэIуех 1970 гъэм. Дунейм къытехьа «Белый тур» тхылъыщIэм щIыуэпсым и къэхъугъэхэм, зэманым и джэрпэджэжым, нэгъуэщIхэми усэбзэкIэ дыщегъэгъуазэ. Апхуэдэщ «Август», «Длиннее путь, а вздох короче», «Неведения сладкая сила», «От странного счастья мертвая» усэхэр. Къэшэжым къыкIэлъыкIуэ и тхылъыр, «Кавказ надо мною» зыфIищар, 1973 гъэм Налшык къыщыдэкIащ. «Начало», «Связь времен», «Ритмы ожидания» - тхылъыр Iыхьэ хьэлэмэтурэ зэхэухуэнащ, Кавказым ехьэлIа и гупсысэхэри гум хыхьэу абы къыщыгъэлъэгъуащ («И я - Кавказ. И я оттуда», «Эльбруса ледяной каркас»). А лъэхъэнэм ирихьэлIэу Къэшэж Иннэ итхахэм яхэтщ зауэ Iуэхугъуэхэр и адэм и жыIэкIэ, шыфэлIыфэкIэ къиIуэтэжу. 1975 гъэм Москва къыщыдокI «Всегда» усэ сборникыр. Ари зытеухуар лъагъуныгъэрщ, ауэ абы иджы закъуэныгъэр нэхъ къыхощ. Ар къыбжаIэ езы усэхэм я фIэщыгъэ къудейхэми: «Ненадолго с тобой нас хватило», «Сегодня хочу непокоя», «А слов нет проще», н. ТхылъыщIэм зауэм теухуауи усэ зыбжанэ итщ. Абы ихуа усэхэр Iэзэу тхауэ къалъытащ, нэхъ къыхагъэщхьэхукI «Август», «Не забывайте, горожане», «А лето начиналось вот так» IэдакъэщIэкIхэр. 1977 гъэм Налшык къыщыдэкIащ Иннэ и етхуанэ тхылъыр. «Сегодня» - арат абы усакIуэм фIищар. Усэ тхылъым и дэтхэнэ Iыхьэми («Къеблагъэ», «Незнакомое время», «На всем скаку», «Унэишэ») щы-зэпхыIукI макъыр къеджэм пэгъунэгъу мэхъу, ахэр зауэм, унагъуэм, гъунэгъум, гъуэгум теухуауэ щытщи. Къэшэжым къеIуатэ фIыуэ илъагъуу щыта усакIуэшхуэхэм, Пушкинымрэ Лермонтовымрэ, я кIуэдыжыкIам зэригъэгумэщIри - «Мертвые пальцы тоскуют», «Разговор с Медиком о душе», «Подражать непоседам», «Последние годы». «Незнакомое время» тхылъыр 1980 гъэм Москва къыщыдэкIащ. УсакIуэм и гупсысэмрэ зэфIэкIымрэ зыщаужьа зэманти, щIэджыкIакIуэхэм ар гурыхь ящыхъуауэ щытащ. «Не мучай меня! Отрекись», «В то самое первое лето», «Я первых слов твоих не помню» - Иннэ и лъагъуныгъэ усэхэм ящыщт ахэр. «Къеблагъэ» усэ тхылъым (1982 гъэм дунейм къытехьащ) Къэшэжым хигъэхьащ нэхъ ипэкIэ къыдигъэкIа и тхылъым итам щыщхэр. КъыкIэлъыкIуэ тхылъым абы «Лицом к истоку» фIищащ. Абы усэщIэхэмрэ зы поэмэрэ ихуащ. 1987 гъэм Москва дунейм къыщытехьащ Къэшэж Иннэ и тхылъитI: «На розовом коне», «Кони времени». Япэм усакIуэм къыщихьащ «Лицом к истоку» тхылъым щыщхэр. Ахэр нэхъыбэу теухуат гъащIэр къэзыгъэлъагъуэ гъуэгуанэхэм. Я цIэ къиIуапхъэщ апхуэдэ усэ зыбжанэм: «Колесами слышу дорогу», «Заклинание автолюбителя», «Над бровью раздумий морщинка». КъинэмыщIауэ, «На розовом коне» сборникым усыгъэм и гъэпсыкIэщIэм дыщрохьэлIэ. Абыхэм ящыщщ «Городской сумасшедший», «Сосулек оплывшие свечи», «Словно сила паруса литая» усэхэр. «Кони времени» тхылъым хыхьар «Кавказ надо мною», «Сегодня», «Лицом к истоку» сборникхэм ихуахэрщ. 1990 гъэм Налшык къыщыдокI Иннэ и епщыкIутIанэ усэ сборникыр - «От второго лица». Абы итщ Къэшэжым щIэуэ зэхигъэува «Страдательный залог» Iыхьэр, зэридзэкIахэр, апхуэдэуи Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхакIуэхэм ящыщхэу КIыщокъуэ Алим, Кулиев Къайсын, Зумакуловэ Танзиля сымэ ятеухуа тхыгъэхэр. Тхылъым и ещанэ Iыхьэр хухэхащ Тхьэгъэзит Зубер, Гъубжокъуэ Лиуан, Къагъырмэс Борис, Бицу Анатолэ сымэ я усэхэу Иннэ зэридзэкIахэм. 1994 гъэм Къэшэжым и 13-нэ, «Старинное дело», тхылъыр дунейм къытехьащ. Ар Иннэ и анэм и фэеплъу къыдигъэкIат. Анэм и гуапагъэм гъащIэр нэхъ IэфI зэрыпщищIыр гурыIуэгъуэщ, ар ущимыIэжым зыхэпщIэ гуауэри гугъу дыдэ цIыхум щохъу. Иужьрейуэ жыхуэтIам и гур зэрикъутэр Къэшэжым усэбзэкIэ нэсу къыщигъэлъэгъуэжат и IэрыкIхэм ящыщ «Ах, как не хочется прощаться!», «Мама! И льются слезы», «Стали звезды из ярких матовыми», «Ты на годы не сетуй» усэхэм. Зэманым узыпхиш гъащIэм, къэралым и ухуэкIэм епхауэ Къэшэжым Пушкин Александр и фэеплъу усэ купщIафIэхэр зэман-зэманкIэрэ итхащ. Апхуэдэщ «Поэт юродивой эпохи», «Запрети мне тосковать», «Нева», «Чиновник десятого класса», «Черная речка», «Комендантская дача» усэхэр. Ди лъахэгъу цIыхубзым, усакIуэ Iэзэ Къэшэж Иннэ и IэдакъэщIэкIхэр уахътыншэщ, я гупсысэкIи къэIуэтэкIэкIи гъащIэм дэгъуэгурыкIуэнщ. ХЬЭКIУАЩЭ Мадинэ, филологие щIэныгъэхэм я доктор.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "240.txt" }
Лъахэм и зыужьыныгъэм хущIэкъухэр Хабзэ зэрыхъуам тету, фокIадэм и 1-м, КъБР-м и Къэралыгъуэм и махуэр щагъэлъапIэм ирихьэлIэу ­КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек щIыхь, фIыщIэ тхылъхэмрэ къэрал дамыгъэхэмрэ яритащ зыпэрыт ­IэнатIэм къыщыхэжаныкIа IэщIагъэлI пажэхэм. ЗэIущIэм кърихьэлIащ КъБР-м и Парламентым и спикер Егоровэ Татьянэ, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым и Къэрал Думэм и депутатхэу Щхьэгуэш Адэлбийрэ Геккиев ­Зауррэ, министрхэр, нэгъуэщI къулыкъущIэхэр. ЗэIущIэр къыщызэIуихым КIуэкIуэ Казбек жиIащ Къэралыгъуэм и махуэм ди лъахэм дежкIэ мыхьэнэш­хуэ зэриIэр, ар зэныбжьэ­гъугъэм, зэгурыIуэныгъэм, зэкъуэтыныгъэм я нэщэнэу зэрыщытыр. «Нобэрей махуэр ди лъэпкъхэм я псэу­кIэм и зыужьыныгъэм и ­къежьапIэу къэплъытэ хъунущ, политикэ, экономикэ, псэукIэ ухуэкIэр хуэм-­хуэмурэ щызэтеува лъэ­хъэ­нэхэр къызэднэкIри, сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей хуэзэ, нэхъри едгъэфIэкIуэну ды­зы­хуэпабгъэ республикэ диIэ хъуащ. БлэкIа илъэсхэм ди хэгъэгум ехъулIэныгъэ куэд зыIэригъэхьащ. Тхы­дэм уриплъэжмэ, гулъы­тэншэу къэбгъанэ хъунукъым Къэбэрдей-Балъкъэрым къикIуа гъуэгуанэм щыщ зы Iыхьи», - жиIащ КIуэкIуэм. Iэтащхьэм и къэпсэлъэ­ныгъэм дыщIигъуащ нобэ гулъытэ гуапэ зыхуащIу ­кърагъэблэгъахэр щэнхабзэ, ухуэныгъэ, егъэджэныгъэ, спорт, щIэныгъэ, мэкъу­мэш, узыншагъэр хъумэ­ным­кIэ IэнатIэхэм псэ хьэ­лэлкIэ пэ­рыт, илъэс куэд щIауэ зи ­лъахэм и зыу­жьы­ныгъэм хуэлажьэ IэщIагъэлI щып­къэхэр зэрыарар. Я IэнатIэм жэуаплыныгъэш­хуэ хэлъу зэрыпэрытым къи­щы­нэмыщIауэ, я дуней те­ты­кIэкIи щапхъэ ягъэлъа­гъуэу, я IэщIагъэм къыхуигъэув къа­лэнхэм пэлъэщыфу, къэ­зылъхуахэм яхуэфащэу зэрыпсэум щхьэкIэ дэтхэ­нэми къэрал гулъытэ къы­зэрилэжьыр жиIащ КIуэ­кIуэм. ИкIи абы щхьэкIэ фIы­щIэ яхуищIри, Къэралыгъуэм и махуэмкIэ ехъуэ­хъуащ. Урысей Федерацэм и Президентым къыбгъэдэкI ФIы­щIэ тхылъкIэ ягъэлъэ­пIащ Волонтёр Iуэхум зе­гъэу­жьы­нымкIэ центру ­КъБР-м щы­Iэм и унафэщI Алексейчик Татьянэрэ ­КъБР-м цIыхухэр егъэ­джэ­нымкIэ, щIэны­гъэм­рэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министрым и къуэдзэ Мокаев Ашэмэзрэ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЩIыхь тхылъкIэ ягъэпэжащ зыпэрыт IэнатIэм хэлъхьэныгъэ ин хуэ­зы­щIахэу, псэ хьэлэлкIэ щIыналъэм хуэлажьэхэу Бажэ Дотий, Iэщын Жаннэ, Залиханов Къанщобий сы­мэ. КъБР-м и архитектор, артист, дохутыр, егъэджа­кIуэ, ухуакIуэ, нэгъуэщI IэнатIэхэм жыджэру пэрытхэу КIуэкIуэ Казбек игъэ­лъэ­пIащ цIыху 19. ЦIыхуитIым КъБР-м и Iэтащхьэм къыбгъэдэкI ЩIыхь тхылъ яритащ. КъБР-м и Iэтащхьэм и УнафэкIэ Урысейм спортым­кIэ щIыхь зиIэ и мастер, Олимп джэгухэм щытекIуа Ласицкене Марие «Къэ­бэрдей-Балъкъэр Республикэм и пащхьэм щиIэ фIы­щIэхэм папщIэ» орденыр хуагъэфэщащ, физическэ щэнхабзэмрэ спортымрэ я зыужьыныгъэм и гуащIэ зэ­рыхилъхьам, спортым ехъу­лIэ­ныгъэшхуэхэр зэрыщы­зы­Iэригъэхьам папщIэ. Абы и тренер Габрилян Геннадий КъБР-м и Iэтащхьэм къыбгъэдэкI ФIыщIэ тхылъ иратащ. Апхуэдэуи Марие Токио щекIуэкIа Олимп джэгухэм зэрыщытекIуам папщIэ сом зы мелуан тыгъэу иратыну унафэ ищIащ КъБР-м и Правительствэм. Олимп джэгухэм хэта Акименкэ Михаили сом мин 250-кIэ хуэупсэнущ. Тренерхэу Габ­рилян Геннадийрэ Артамонов Артуррэ спортсменхэр зэрагъэхьэзырам папщIэ абыхэм ирата ахъшэ саугъэтым и ныкъуэм хуэдиз езыхэми хухахынущ. 2021 гъэр иухыху ахъшэ саугъэтхэр иратынущ зэхьэзэхуэ ­зэ­мылIэужьыгъуэхэм щытекIуа спортсмени 140-м. НэщIэпыджэ Замирэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2400.txt" }
ЦIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэнырщ я мурадыр Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек шыщхьэуIум и 30-м лэжьыгъэ IуэхукIэ яхуэзащ политикэ ­партхэм я щIыналъэ къудамэхэм я уна­фэщIхэм. ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзо­къуэ Мухьэмэд, КъБР-м и Хэха­кIуэ комиссэм и уна­фэщI Джэш Вячеслав, «Граж­данская платформа» политикэ партым КъБР-м щиIэ щIыналъэ къудамэм и гъэзэ­щIа­кIуэ комитетым и уна­фэщI АфIэунэ Аслъэн, ­Урысейм и Либерально-де­мократ партым Къэ­бэр­дей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм и унафэщI Безгодькэ Вла­димир, «Партия роста» Урысейпсо политикэ партым и щIыналъэ къудамэм и унафэщI Иуаз БетIал, «За­хуагъэ здэщыIэ Урысей - Хэкуп­сэхэр - Захуагъэм и ­телъхьэу» социалист политикэ партым КъБР-м щиIэ щIыналъэ къудамэм и Советым и унафэщI Кебеков Владимир, «Российская объ­единенная демократическая партия «Яблоко» Урысейпсо политикэ пар­-тым и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и уна­фэщI Куч­мезов Хьэким, «Урысей Федерацэм и Коммунист парт» политикэ партым и Къэбэрдей-Балъкъэр республикэ къудамэм и япэ секретарь Пащты Борис, «ЩхъуантIэхэр» Урысей экологие партым и щIыналъэ ­къудамэу КъБР-м щыIэм и унафэщI Щхьэгъэпсо Сэфарбий. ЗэIущIэм щытепсэ­лъы­хьащ 2021 гъэм екIуэкIыну хэхыныгъэхэм партхэм зэ­ры­зы­хуагъэхьэзыр щIыкIэм. Джэш Вячеслав жиIащ IэIэтыр респуб­ликэм и щIыналъэ хэхакIуэ комиссэу ­13-мрэ участкэ 355-мрэ къы­зэрызэрагъэпэщынур. Хэ­хы­ныгъэхэр зэрекIуэкIыр я нэIэм щIэтынущ кIэлъып­лъакIуэ 710-м, ахэр зэры­лэ­жьэну щIыкIэм щыхагъэ­гъуэзащ КъБР-м и Жыла­гъуэ палатэм. ХэхыпIэхэм шынагъуэншагъэр къыщы­зэгъэпэщыным, санитар-эпидемиологие хабзэхэм ­тетыным ехьэлIа Iуэхухэри зэтраухуащ. Партхэм я унафэщIхэм къыхагъэщащ республикэм и Iэтащхьэм хэхыныгъэхэм ипэ къихуэу зэрыIущIам, КъБР-м и ХэхакIуэ комис­сэмрэ КъБР-м и Iэтащхьэм и ­Администрацэмрэ сэбэ­пы­нагъ къыдэ­кIуэу, зэIухауэ зэрыпыщIам мыхьэнэшхуэ зэриIэр икIи я лэжьыгъэм щынэхъыщхьэхэмрэ къэ­кIуэну зэманым зэфIагъэ­кIыну я мурадхэмрэ я гугъу ящIащ. КIуэкIуэ Казбек зэIущIэм и кIэм къыхигъэщ­хьэхукIащ республикэм зыкъыщызыгъэлъэгъуа политикэ парт псоми я мурадхэр зы Iуэхум - цIыхухэм я псэу­кIэр егъэфIэкIуэным - зэры­теухуар.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2401.txt" }
Парламентым нэхъыфIхэр щагъэлъапIэ КъБР-м и Къэралыгъуэмрэ республикэм и къалащхьэм и махуэмрэ и пэ къихуэу, шыщхьэуIум и 31-м рес­публикэм и Парламентым щагъэлъэ­-пIащ щIыналъэм и хабзэу­бзыху органым, парламентаризмэм, щэнхабзэм, узын­шагъэр хъумэным, егъэ­джэныгъэм, социальнэ политикэм, экономикэм, щIыуэпсыр хъу­мэным, жылагъуэ гъащIэм, нэ­гъуэщI унэ­тIыныгъэхэм я зыу­жьы­ныгъэм хэлъ­хьэныгъэфI хуэзыщIа, къыхаха Iэ­щIа­гъэм хуэпэж лэжьа­кIуэ пажэхэр. КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ зэIущIэм ирагъэблэгъа IэщIагъэлI нэхъыфIхэм, зи IэнатIэм зэфIэкI щызиIэ лэжьакIуэхэм республикэм и Къэралыгъуэм и ма­хуэш­хуэмкIэ ехъуэхъуащ, узыншагъэ, гуфIэгъуэ, ехъулIэныгъэ яIэу дяпэкIи илъэс куэдкIэ я IэнатIэр ирахьэкIыну зэри­гуапэр жиIащ икIи ­КъБР-м и Парламен­тым и щIыхь тхылъ­хэмрэ удз гъэгъахэмрэ зыхуа­гъэфэщахэм яритыжащ. ЯгъэлъэпIахэм ящыщщ КъБР-м и ­хабзэубзыху органым, парламентаризмэм зегъэужьыным хэлъхьэныгъэфI­хэр хуэзыщIхэу Прытков Михаилрэ ХьэIупщы Арсенрэ. Апхуэдэу Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым и Унафэ­щIым и ЩIыхь тхылъыр хуагъэ­фэщащ Га­заев Мысхьуд, УФ-м пар­ламен­та­риз­мэм зыщегъэужьыным хэлъ­хьэ­ны­гъэфI зэрыхуищIымрэ республикэм ­закон къыдэзыгъэкI и органыр зэрыригъэфIакIуэмрэ папщIэ. КъБР-м и Парламентым и ЩIыхь тхылъыр иратащ узыншагъэр хъумэ­ным­кIэ IэнатIэм хэлъхьэныгъэфI хуэ­зыщIхэу Иуан Маринэ, Кумыщ Анзор, Тогузае­вэ Залинэ, Къуэдзокъуэ Каринэ, Бикбулатовэ Алия, Бэрсэдж Татьянэ, ­Къулътырбей Мурат сымэ, нэгъуэщI­хэми. Егъэджэныгъэм къыхэ­жаны­кIауэ ягъэлъэпIахэм ящыщщ Езауэ Мадинэ, Хъуэст ФатIимэ. Со­циаль­нэ политикэ, экономикэ унэ­тIыныгъэм егугъуу щыла­жьэу къагъэлъэгъуахэщ Уэркъ Алим, Ашэбо­къуэ ­Джульеттэ, Умар Ритэ, Тонконог Аннэ, Тхьэбысым Ас­кэр сымэ. ЦIыхум и ­хуитыныгъэр хъумэным теухуа унэтIыныгъэм хэлъ­хьэ­ныгъэфIхэр хуэ­зыщI­хэм ящыщу я цIэ къраIуащ КIуэ­кIуэ Заретэ, Ткаченкэ Ольгэ, Ирыгу Мухьэрбэч сымэ. Зэхыхьэ гуапэр иуха нэужь абы хэтахэм КъБР-м и Парламентым и бжэ­Iупэм деж зэгъусэу сурэтхэр щызытрагъэхащ. ТЕКIУЖЬ Заретэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2402.txt" }
Шэрджэс-урысей зэхущытыкIэр 1552 - 1829 гъэхэм Бытырбыху дэт «Нестор-История» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ адыгэ тхыдэ щIэныгъэм куэд щIауэ зи цIэ щыIуа, КъШР-м щыщ щIэныгъэрылажьэ Уэз ФатIимэ и тхылъыщIэ: «Анэмэт Iуэхугъуэм шэрджэс-урысей зэхущытыкIэм щиубыд увыпIэр: 1552-1829 гъгъ.» («Институт аманатства в черкесско-российских отношениях 1552-1829 гг.). Лэжьыгъэм тегъэщIапIэ хуэхъуащ бзылъхугъэ зэчиифIэм и доктор диссертацэр. «Мы къэхутэныгъэр зытеухуар нэхъыбэу Мэзкуурэ Бытырбыхурэ пыщIауэ къекIуэкIа Къэбэрдейрщ (КъуэкIыпIэ Шэрджэсейрщ), - щетх Уэз ФатIимэ тхылъым и пэублэм. - Ауэ къухьэпIэ-шэрджэс лъэныкъуэм щекIуэкIа Iуэхугъуэхэри гулъытэншэ тщIыныр къытхуегъэзэгъакъым. Япэрауэ, XVI лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм – XVIII лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэм епха урысей тхыдэ дэфтэрхэри, хьэрыпыбзэкIэ, инджылызыбзэкIэ, алыджыбзэкIэ, урымыбзэкIэ, нэмыцэбзэкIэ, персыбзэкIэ, урысыбзэкIэ, франджыбзэкIэ зекIуэ тхыдэ лэжьыгъэхэри а хабзэм тетщ. ЕтIуанэрауэ, кавказыдж цIэрыIуэхэм я хьэлт щIыналъэр къызэщIэубыдауэ яджыныр, абы Iэмал къыует Кавказым дунейпсо гъащIэм щиубыд увыпIэр къэбгъэлъэгъуэну». Тхылъыр IыхьиплIрэ гуэдзэну зэхэтщ. Япэ Iыхьэр адыгэбзэкIэ «анэмэт» жыхуэтIэ, ауэ къызыхэкIа хьэрыпыбзэми урысыбзэми «аманат» фIэщыгъэр щызезыхьэ псалъэм и мыхьэнэм теухуащ. А Iыхьэм щIэныгъэрылажьэм къыщыдгурегъаIуэ псалъэм и мыхьэнэ дыдэмрэ ар политикэм епха термин щыхъукIэ, къикIым зэрызихъуэжымрэ. Политикэ зэгурыIуэныгъэкIэ къэралитI щызэбгъэдэувэм деж, зым адрейм ирита псалъэр зэригъэпэжынум и щыхьэту, анэмэтхэр зэIэпах. Апхуэдэхэм я щапхъэщ Кавказым ираша щIалэхэр урысыдзэм хагъэхьэу, Бытырбыху щрагъаджэу, европей гупсысэкIэ зэрыратынум хущIэкъуу, нэгъуэщIу жыпIэмэ, къару нэхъыбэ зыбгъэдэлъ къэралыгъуэм хуэщхьэпэн цIыху лIэужьыгъуэ къыхащIыкIыным елIалIэу къызэрекIуэкIар. Урысеймрэ Каказымрэ я гугъу пщIымэ, Уэз ФатIимэ и лэжьыгъэр щыхьэту къоув апхуэдэ щапхъэхэм яхыубжэфын япэ зэпыщIэныгъэхэр Мэзкуу пщыгъуэмрэ Къэбэрдеймрэ зэрыпхашамкIэ. Псори зыщыгъуазэ тхыдэ хъыбархэм къриплъэж хуэдэурэ, ФатIимэ, япэрауэ, дызэсэжа тхыдэ теплъэгъуэхэм нэгъуэщIынэкIэ дрегъэплъ. ЕтIуанэрауэ, адыгэ-урыс зэхущытыкIэр Iыхьэ-Iыхьэу егуэшри, анэмэту ята щIалэ цIыкIухэм ятепсэлъыхькIэрэ, пщыгъуитIым яку дэлъа зэгурыIуэныгъэр зауэм зэрыхуэкIуа гъуэгум ироплъэ. КъыкIэлъыкIуэ тхылъ Iыхьэхэм Уэз ФатIимэ щызэпкърех езым пкъыгъуищ ирищIыкIа Урысеймрэ Шэрджэсеймрэ я зэбгъэдэтыкIэр. Анэмэт Iуэхугъуэм шэрджэсхэмрэ урысхэмрэ я зэхуакум зэрызыщиужьа щIыкIэр къызэригъэлъагъуэм ипкъ иткIэ, щIэныгъэрылажьэм зэщIигъэуIуэ зэманыр илъэс 300-м хуэбгъэкIуэфынущ. «Дэ ди гуэшыкIэр Броневский Семён и гуэшыкIэм тохуэ, - жеIэ езы ФатIимэ. – Дэ ар зы налъэкIэ иридгъэкъуну дыхуейуэ аркъудейщ. Ар «лIыкIуэхэм я лъэхъэнэ» зыфIэтща зэмани а зэхущытыкIэм зэрыхэтарщ, а щапхъэр икIи Урысеймрэ Кавказымрэ я зэхущытыкIэр зытетар наIуэ къызэрыпщIыф Iэмалщ. Абы къыхэкIыу, дызытепсэлъыхьыпхъэ лъэхъэнэхэр щы мэхъу: «лIыкIуэхэм я лъэхъэнэ» (1552-1721); «щIыналъэкIуэцI дипломатие» (1722-1763); «Кавказ зауэм и япэ Iыхьэ (1763-1829)». ГъэщIэгъуэнщ Уэз ФатIимэ «шэрджэс», «Шэрджэсей» фIэщыгъэхэм ятеухуауэ иIэ еплъыкIэри. Ар и акъылэгъущ адыгэ хэкум Шэрджэсей цIэр щIигъуэта щхьэусыгъуэр пщы КIэс зэрызэфIигъэувам къыхэкIауэ жызыIэхэм. Нэгумэ Шорэ и «Пщы(р) КIэс(щ)» псалъэ зэпхар къегъэсэбэпри, ар щIыналъэцIэм зэрыхуэкIуа гъуэгум ироплъэ ФатIимэ: «Пщы(р) КIэс(щ) ейщ», нэгъуэщIу жыпIэмэ, «КIэс зи цIэ пщым ей». «Дэ дызэреплъымкIэ, - етх абы адэкIэ, «шэрджэс» лъэпкъыцIэр япэу къэзыщтар хьэрып, перс щIэныгъэлIхэрщ, европеибзэхэм ар хуэмурэ «Шэрджэсей (Черкесия) цIэм щыхуэкIуэжащ». НапэкIуэцI 630-м нэблагъэ тхылъышхуэм щхьэфэду утепсэлъыхьыну хуэфащэркъым икIи гугъущ. Ауэ зыпэрыхьа темэр сыт щыгъуи нэгъэсауэ уи пащхьэ кърилъхьэн зи хабзэ, ар икIи IупщIу зэпкърыхауэ къыббгъэдэзылъхьэжыф Уэз ФатIимэ и тхылъыр нэхъ еджэгъуафIэ хъун папщIэ, пкъыгъуэ-пкъыгъуэкIэрэ зэпыудауэ цIыхухэм я пащхьэ къилъхьэн хуей къыщIэкIынщ, сыту жыпIэмэ, щIэныгъэлIым и бзэр дэтхэнэ зым дежкIи къэщтэгъуафIэкъым. ИтIани, дэфтэр гъуэтыгъуейхэр утыку къизыхьэрей хъыджэбзым и лэжьыгъэри, и Iуэху еплъыкIэри апхуэдизкIэ щIэщыгъуэщи, зи лъэпкъ зыгъэлъапIэм зыхигъэкIыж хъунукъым. Илъэсищэ бжыгъэкIэ зэрыщымыту ялъэгъуа гуэрым асыхьэтым нэхушхуэ трезыгъадзэ щыхьэт нахуэхэр зыщIыпIэ «къызэрыщыщIитIыкIыфым» ищIыIужкIэ, ФатIимэ а къигъуэтам ди зэхэщIыкIым щихъуэжыпхъэри гунэсу къыббгъэделъхьэ. Апхуэдэ щапхъэхэм язу адыгэбзэм къидгъэзэгъащ адыгэхэр Пётр Езанэм зэрыдекIуэкIа щIыкIэр къыщыгъэлъэгъуа пычыгъуэр: «Пётр Езанэм Къэбэрдейм и пщы пашэхэм яхуригъэхьа грамотэхэр (1711, 1713, 1721, 1723) щыхьэту къоув лъэныкъуитIым зэдаухуар зауэ-политикэ зэгурыIуэныгъэу зэрыщытыр. Ар IупщIу къегъэлъагъуэ Пётр Езанэм 1709 гъэм мазаем и I5-м Азов и губернатор Толстой Иван адыгэхэм щэхуу ягурыIуэн зэрыхуейм щытепсэлъыхьу хуригъэхьа тхыгъэм. «Иджыпсту кърымхэм езауэ [шэрджэсхэм], - етх Пётр Езанэм, - дэ къыдгухьэн ядэну пIэрэ?» Урыс пащтыхьым Толстой Иван и пщэ дилъхьауэ щыта а къалэн щэхур и кIэм нигъэсауэ щытащ пщы Бекович-Черкасский Александр, езы адыгэхэр пащтыхьым дызыгуэгъэхьэ жаIэу къелъэIуа хуэдэу Iуэхур къызэригъэпэщри. Урысейм лIыкIуэ Iуэхухэр зэрыщызэрахьэ хабзэр зэрылажьэр апхуэдэут: мэзкуу пащтыхьыгъуэм япэу зыкъыхуэзыгъазэ лъэныкъуэр зэгурыIуа къэралитIым я нэхъ лъахъшэ хъурт». Фигу къэдгъэкIыжынщи, Уэз ФатIимэ тхыдэ щIэныгъэхэм я докторщ, КъШР-м Гуманитар щIэныгъэхэмкIэ и институтым хыхьэ къудамэхэм я зым и унафэщIщ. Бытырбыху дэт къэрал университетыр 1987 гъэм диплом плъыжькIэ къиухащ, и кандидат диссертацэр СССР-м ТхыдэмкIэ и институтым щыпхигъэкIащ. Нобэ зи гугъу тщIы тхылъыр Бытырбыху дэт ЩIэныгъэмкIэ Урысей академием (РАН) ТхыдэмкIэ и институтым абы 2019 гъэм щыпхигъэкIа доктор лэжьыгъэщ. Уэз ФатIимэ и Iэдакъэ къыщIэкIащ «Шэрджэсейм и тхыдэм теухуа очеркхэр» тхылъыр, адыгэ тхыдэм теухуауэ лэжьыгъи I00-м щIигъу. Абыхэм уащрохьэлIэ Мэзкуу, Бытырбыху, Анкара, Дон-Iус-Ростов, Тамбов, Къэзан, Налшык, Мейкъуапэ, Псыхуабэ, Черкесск къыщыдэкI щIэныгъэ тхылъхэм. Чэрим Марианнэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2403.txt" }
МафIэсым зыщыхъумэным хуаущий Урысей МЧС-м и управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм кIэлъыплъыныгъэ, профилактикэ лэжьыгъэмкIэ и IуэхущIапIэм и къулыкъущIэхэм гъэ еджэгъуэщIэм щыщIидзэжым ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и еджапIэхэр, зи школ кIуэгъуэ мыхъуахэр зэкIуалIэ IуэхущIапIэхэр, псори 653-рэ мэхъу - къапщытащ. Налшык къалэ дэт курыт еджапIэ №32-м щыкIуам егъэджакIуэхэмрэ школым и администрацэмрэ псалъэмакъ, чэнджэщ щхьэпэхэр драгъэкIуэкIащ. МафIэс къэхъу хъужыкъуэмэ ящIэн хуейр гурагъэIуащ, апхуэдэуи цIыхухэм хъыбар зэрырагъащIэ Iэмэпсымэхэр зэрызэтеухуами кIэлъыплъащ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, апхуэдэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкI 2020 гъэм бадзэуэгъуэм и 3I-м къащта федеральнэ закон №248-м къигъэувхэм япкъ иткIэ зэхагъэува планым тету. МафIэсым зыщыхъумэным теухуа дерсхэр фокIадэм и япэ махуипщIым республикэм и курыт еджапIэ псоми щрагъэкIуэкIыну я мурадщ МЧС-м и лэжьакIуэхэм. Урысей МЧС-м и Управленэ нэхъхыщхьэу КъБР-м щыIэм и пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2404.txt" }
Къызэрагъэсэбэпыж щымыIэми, пщIэну щхьэпэщ Мы тхыгъэм зи гугъу щытщI жыIэкIэ зыбжанэмрэ абыхэм къарыкIымрэ, къызэрыщыхьа дыдэм хуэдэу, дэ къитхыжащ Шэрджэс Алий и тхылъ телъыджэу «Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр» зыфIищам, Налшык къалэ 2009 гъэм къыщыдэкIам: Абрагъу гъунэ – уафэ гъунэ (щIэплъыпIэ, горизонт); Агъу – псы ежэхыр зыгуэрым щыхэхуэж щIыпIэ (псышхуэм, хым); Афэ кIуасэ – афэ джанэм апхуэдэуи еджэрт, зымащIэкIэ егъэзыхыгъуэ игъуэтауэ ягъэтIылъамэ, зэтежурэ, ехуэх щIыкIэу, «кIуасэти»; Афэ хэдзапIэ – псы Iуфэ жьыщIапIэм апхуэдэу еджэрт; Ашэмыкъу – лэгъуп зыпалъэу губгъуэм къыщагъэсэбэп лъакъуищ зэпха; Быгъур къалэ – Анапэ; Бэкъэкъ – хьэндыркъуакъуэ; Бажэщ – хьэIуцыдз (шакал); БгъунжырыкIуэ – геометрием къыщыбгъэсэбэп хъу псалъэщ, къикIыр «диагональ» зыхужаIэрщ; Бзагуалъэ – унэ бгыкъум е щIэсэным хащIыхьу щыта гъэтIылъыпIэ щэху, «бзагуэ» псалъэм къытехъукIа жыIэкIэщ; Бзалъэ – шабзэшэхэр зэрыраутIыпщ шабзэр къызэрырахьэкIыу щыта хъумапIэр; Дзыр – хьэцэпэцэр къыщахыжкIэ, ныбгъуэхьэш (ныбгъуэ къраубыдыным хуащIа матэ) хагъэувэн щхьэкIэ, къранэ хабзэ мыха тIэкIу; Емсыку – мафIэ гуащIэ узэмыкIуэлIэф; ЕнцI – гъущI папцIэ захуэрэ гъэшарэ зыфIэлъ бжэгъу; Епэрыпс – мэ дахэ къызыкIэрих ткIуаткIуэ (дыху, одеколон, н. къ.); ЕпкIэуэн – бдзэжьейр кIэ мажьэкIэ епкIэуэн (и кIэр щызэридзэкIэ апхуэдэу хужаIэ); Енэб – папоротник – илъэс бжыгъэкIэ зыкъэзыужь къэкIыгъэ лIэужьыгъуэщ. И тхьэмпэхэр къабзийм ещхьщ, сантиметр 40-I00-м нэс я кIыхьагъщ. Мэз щIагъхэм, псыхъуэхэм, щIыпIэ псыIэхэм къыщокI. Адыгэхэм енэбым жьы хъуа и лъабжьэр хущхъуэу къагъэсэбэп. БЭРАУ Ахьмэд.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2405.txt" }
КъыхэжаныкIахэр кърагъэблэгъэж «Налшык» аэропортым къыщрагъэблэгъэжащ Польшэм атлетикэ хьэлъэмкIэ щекIуэкIа ныбжьыщIэхэм я зэхьэзэхуэм дыщэ медалыр къыщызыхьа Скрипко Аланэрэ домбеякъыр зыIэрызыгъэхьа Богатырёв Тауланрэ Гулиев Тамерланрэ. ГуфIэгъуэ зэхыхьэм кърихьэлIащ республикэм и спорт зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, спортсменхэм я Iыхьлыхэр, ныбжьэгъухэр. Штангистхэм я ехъулIэныгъэмкIэ къехъуэхъуну аэропортым къэкIуащ КъБР-м спортымкIэ и министрым и къуэдзэ Анаев Аслъэн. ТекIуэныгъэр къэзыхьамрэ къыхэжаныкIахэмрэ папщIэ аэропорт утыкум къыщызэрагъэпэщащ джэгу, артистхэм уэрэд щыжаIащ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, къэрал 34-м икIа спортсмен нэхъыфIхэр зыхэта Польшэм щыIа НыбжьыщIэхэм атлетикэ хьэлъэмкIэ и зэхьэзэхуэм и япэ махуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым икIахэм медалитI къыщахьащ. Къапщтэмэ, ди лъахэгъу Скрипко Аланэ тIэу бгъэдыхьэгъуэм килограмми 181-рэ (80/101I) къиIэтащ. Ар ирикъуащ килограмм 64-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм щытекIуэн папщIэ. Гулиев Тамерлан Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам къыхуихьащ домбеякъ медалыр. Абы двоеборьем килограмм 26I-рэ (117/144) къыщиIэтащ. КъыкIэлъыкIуэу, Богатырёв Таулан двоеборьемкIэ килограмм 239-рэ (107/132) къиIэтащ икIи килограмм 73-рэ зи хьэлъагъхэм я деж ещанэ щыхъуащ. Къэхъун Бэч.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2406.txt" }
Ди пщащэхэр нэхъ лъэщт Мэзкуу областым хыхьэ Одинцовэ къалэм щекIуэкIащ тэмэму зэхэзымыххэм тхэкводомкIэ я урысейпсо чемпионат. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ спортсменхэри. И хьэрхуэхрэгъухэм шэч къызытумыхьэн текIуэныгъэ къафIэзыхьа зи хьэлъагъыр килограмм 49-м нэблагъэ СатIушы Мадинэ зэхьэзэхуэм и дыщэ медалыр зыIэригъэхьащ. Апхуэдэ дыдэу, япэ зыри иригъэщакъым килограмм 67-м нэблагъэ зи хьэлъагъ Жылэ Татьянэ икIи пашэныгъэр иубыдащ. Ди республикэм щыщ хъыджэбз цIыкIуитIми Iэмал ягъуэтащ мы гъэм и щэкIуэгъуэм Ираным щекIуэкIыну дунейпсо чемпионатым хэтыну. Абы щызэхэкIынущ 2022 гъэм щыIэну Сурдолимп джэгухэм кIуэнухэр. Жыласэ Замир.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2407.txt" }
ЩIыналъэм щынэхъыфIхэр Налшык щекIуэкIащ Урысей Федерацэм и лъэпкъ гвардием самбомкIэ и Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ Ставрополь крайм, Осетие Ищхъэрэ-Аланием, Дагъыстэным, Шэшэным, Ингушым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ спортсменхэр. УФ-м и Лъэпкъ гвардием Кавказ Ищхъэрэм щиIэ и управленэм и спорт командэм и унафэщI майор Бабярэ Сергейрэ КъБР-м самбэмкIэ и федерацэм и президент ПщIэнашэ Муратрэ я нэIэ щIэту щIыналъэ зэхьэзэхуэм щыбэнащ я хьэлъагъ елъытауэ гупи 6 гуэша спортсмен 83-рэ зыхэта командэ I5. Зэпеуэм утыку къыщихьащ спортым и мастеру 8-рэ спортым и мастерым и кандидату I2-рэ. Удэзыхьэхыу, жыджэру екIуэкIа зэIущIэм япкъ иткIэ япэ гуп увыпIэр зыIэрагъэхьащ Шэшэн Республикэм и дзэ къулъыкъущIэхэм. Абыхэм къакIэлъокIуэ старопольдэсхэр. Зеленокумск и командэ къыхэхар ещанэщ. Росгвардием и Управленэм и лэжьакIуэхэм я зэхьэзэхуэм пашэныгъэр щиубыдащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэ къудамэм. Остие Ищхъэрэ-Аланиемрэ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ етIуанэ, ещанэ увыпIэхэр зыIэрагъэхьащ. По итогам турнира первое общекомандное место завоевали военнослужащие из Чеченской Республики. На второй строчке турнирной таблицы – Ставрополь. Третье место заняла команда из города Зеленокумска. ТекIуахэмрэ къыхэжаныкIахэмрэ тыгъэхэр щратыжым хэтащ КъБР-м и щыIэ Лъэпкъ гвардием и Управленэм и унафэщIым и къуэдзэ полицэм и полковник Мэш Мурат, «Вершина» ОМОН-м и командир полицэм и полковник Шопарэ Руслан, «Эльбрус» СОБР-м и командир полицэм и полковник Кочкэ Сергей, КъБР-м боксымкIэ и федерацэм и президент Бэрбэч Нажмудин. «Чемпионатыр икъукIэ фIыуэ къызэгъэпэща хъуащ. Си фIэщ мэхъу иджырей зэхьэзэхуэм фи къарумрэ Iэзагъымрэ къызэригъэлъэгъуам имызакъуэу адэкIи фи дзэ къулыкъур щывгъэзащIэкIэ къыфхуэсэбэпын хьэл-щэныфIэхэри щIэгъэбыдэным сэбэп зэрыхуэхъунур», - къыхэщащ текIуахэмрэ къыхэжаныкIахэмрэ захуэзыгъэза Мэш Мурат и псалъэхэм. ЩIыналъэ зэхьэзэхуэм щытекIуахэм грамотэхэр, кубокхэмрэ медалхэмрэ иратащ. КъищынэмыщIауэ, КъБР-м боксымкIэ и федерацэм и президент Бэрбэч Нажмудин зэпеуэм хэта дэтхэнэ зыми кимоно тыгъэ яхуищIащ. Лъэпкъ гвардием и лэжьакIуэхэм я деж спортым зыужьыныгъэ щезыгъэгъуэта абы хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа тхуэнейрэ дуней псом, щэнейрэ Европэм, пщIэнейрэ Урысейм IэпщэрызауэмкIэ и чемпион Беслъэней Нурмухьэмэд боксымкIэ федерацэм и президентым тыгъэ къыхуищIащ спорт инвентарь. Чемпионатым щытекIуахэр УФ-м и Лъэпкъ гвардием и Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм и къудамэм и щIыхьыр щахъумэнущ фокIадэм Мэзкуу щекIуэкIыну урысейпсо ведомствэ зэхьэзэхуэм. Жыласэ Замир.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2408.txt" }
Миланэ къэралым и чемпионыр хегъащIэ Эстонием и къалащхьэ Таллин щекIуэкIащ тхэковондомкIэ (WTF) Европэм и щIалэгъуалэ зэхьэзэхуэ. Зи хьэлъагъыр килограмм 52-м нэблагъэхэм я гупым къыщыхах Iыхьэр къызэзынэкIа Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ Бекъул Миланэ финал ныкъуэ зэпэщIэтыныгъэм щыIущIащ Медведевэ Ларисэ. Балигъхэм я деж Урысейм и иджырей чемпионыр хигъащIэри ди лъэпкъэгъур финалым нэсащ. КIэух зэIущIэм Миланэ зымащIэкIэ (I5:I7-уэ) къыщефIэкIащ Италием и лIыкIуэр икIи дыжьын медалыр къыхуагъэфэщащ. А зэхьэзэхуэм щригъэкIуэкIа зэIущIитхуми щытекIуащ килограмм 4I-рэ зи хьэлъагъ Бицу Къантемыр икIи Европэм пашэ щыхъуащ. Спортсменхэр ягъасэ Ахъмэт Амир, Кугъуэндокъуэ Ялдар, Унэжокъуэхэ Абдельджабаррэ Къантемыррэ. Къэхъун Бэч.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2409.txt" }
УсакIуэр ягу къыщагъэкIыж НыбжьыщIэхэм я библиотекэм, Мечиев Кязим и цIэр зезыхьэм, щекIуэкIащ «Ношу я в сердце снежные вершины» литературэ-макъамэ пшыхь гукъинэжыр. Ар къызэрагъэпэщащ КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, СССР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта адыгэ усакIуэ Къэшэж Иннэ къызэралъхурэ илъэс 75-рэ щрикъум ирихьэлIэу. Зэхыхьэр щекIуэкIа пэшым щагъэуват Къэшэж Иннэ и усэ тхылъхэр, усакIуэм теухуауэ ятхахэр, и сурэтхэр щызэхуэхьэса дапхъэ. Налшык къалэм и курыт еджапIэ №6-м и еджакIуэ­хэм библиотекэм и лэжьакIуэхэр яхутепсэлъыхьащ зэфIэкI телъыджэ усыгъэм щызиIа Къэшэж Иннэ и гъащIэмрэ гуащIэмрэ. Пшыхьым щыжаIащ зи тхыгъэхэр пасэу газетхэмрэ журналхэмрэ къытехуа Иннэ «Дружба народов» журналым и редколлегием зэрыхэтар, усэ тхылъ 20-м щIигъу абы къызэрыдигъэкIар, уэрэд зыбжанэ зэритхар, Москва, Санкт-Петербург, Дон Iус Ростов къалэхэм щыщ композиторхэм зэрадэлэжьар, адыгэ усакIуэ куэдым я Iэдакъэ къыщIэкIа усэхэр урысыбзэкIэ зэрызэридзэкIар. Пшыхьым и хьэщIащ КъБР-м Къалэн куэд щагъэзащIэ и щIалэгъуалэ центрым и къудамэм и унафэщI Къарэ Ратмир. Ар ныбжьыщIэхэм яхутепсэлъыхьащ усакIуэм и гъащIэм щыщ пычыгъуэ гъэщIэгъуэнхэм, Налшык къалэм абы и фэеплъ щыгъэувыным теухуауэ къыхалъхьа жэрдэмым, Къэшэжым Къэбэрдей уэрамым триухуа и усэр зытет мывэр а уэрамым и лъэс зекIуапIэм зэрыщагъэувынум, нэгъуэщIхэми. Къэшэж Иннэ и усэхэм къеджэну тегушхуахэм тыгъэ хуащIащ усакIуэм и тхылъыр. Пшыхьым кърихьэлIахэр ирагъэдэIуащ Къэшэжым и псалъэхэр зыщIэлъ уэрэдхэм. ТЕКIУЖЬ Заретэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "241.txt" }
Зэдэлэжьэну зэгуроIуэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек яхуэзащ УФ-м и Президентым и деж граждан жылагъуэм зегъэужьынымрэ цIыхухэм я хуитыныгъэхэмкIэ щылажьэ советым хэт, Лышх узыфэхэр зыпкърыт сымаджэхэм дэIэпыкъуэгъу яхуэхъу «Здравствуй» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Борововэ Иринэрэ а IуэхущIапIэм КИФЩI-м щиIэ и жылагъуэ къудамэхэм я нэхъыщхьэ, «Светлячок» фIэщыгъэр зиIэ онкоблогер цIэрыIуэ Келехсаевэ Оксанэрэ. ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустамрэ абы и къуэдзэ, сымаджэхэр хущхъуэкIэ къызэгъэпэщынымкIэ IэнатIэр зи нэIэм щIэт Батыр Заурбэчрэ. КIуэкIуэ Казбек хьэщIэхэм фIыщIэ яхуищIащ щIыналъэм къызэреблэгъамкIэ, республикэм ис сымаджэхэм гулъытэ зэрыхуащIымкIэ. «Фэ зи ужь фитыр, лышх узыфэр зыпкърыт сымаджэхэм дэIэпыкъуэгъу фазэрыхуэхъур, ипэжыпIэкIэ щхьэпагъышхуэ зиIэ Iуэхущ. Абы и лъэныкъуэкIи пщIэшхуэ фхуэфащэщ, - жиIащ щIыналъэм и Iэтащхьэм. – Фи Iуэху еплъыкIэм, щытыкIэр къызэрыфщыхъум ди дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ. Дэ дыхьэзырщ дывдэлэжьэну». Борововэ Иринэ къыхигъэщащ лышх узыфэ зыпкърытхэр гулъытэ щхьэхуэ зэрыхуэныкъуэр, абыхэм и чэзум медицинэ дэIэпыкъуныгъэ тэмэм ягъуэтыныр Iэмалыншэу зэрыщытыр икIи къигъэлъэгъуащ республикэ унафэщIхэм сымаджэхэм я Iуэхур дэгъэкIыным хуаIэ бгъэдыхьэкIэр гуапэ зэрыщыхъуар. «Узыфэр зиIэхэм я щытыкIэр тынш ящыщIынымкIэ унэтIыныгъэм щIэуэ къыхэхьэ Iэмалхэр нэсу къэгъэсэбэпа хъунум текIуэдэну мылъкур къэплъытэмэ, дунейм зы къэрали щыIэкъым абы ахъшэкIэ пэлъэщыфыну. Ауэ зэрытхузэфIэкIкIэ дыхущIэкъун хуейщ апхуэдэ сымаджэхэм узыр къатемыхьэлъэу я гъащIэр зэрырахьэкIынум хуэунэтIа хэкIыпIэхэр къызэрызэдгъэпэщыным, - жиIащ ассоциацэм и унафэщI бзылъхугъэм. – Республикэм лышх узыфэм щеIэзэ и IэнатIэм пэрыт унафэщIыр Iуэхум фIыуэ щыгъуазэ цIыхущ, нэхъапэкIэ федеральнэ IуэхущIапIэм зэрыщылэжьам къыхэкIыу абы хъарзынэу хещIыкI зи гугъу тщIы сымаджэхэм хуэгъэзауэ дуней псом къыщекIуэкI Iэзэгъуэхэр зыхуэдэм». ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ Лышх узыфэхэр зыпкърыт сымаджэхэм дэIэпыкъуэгъу яхуэхъу «Здравствуй» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэр, КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэр, республикэм и жылагъуэ зэгухьэныгъэхэр зэрыздэлэжьэну щIыкIэр. Апхуэдэу къыхагъэщащ паллиативнэ, патронажнэ, социальнэ дэIэпыкъуныгъэхэм Iэмал имыIэу зэрызегъэужьыпхъэр. «А Iуэхур кърахьэжьа къудейуэ аращ, зэкIэ сымаджэхэм ар хуиту къахуэгъэсэбэпкъым, ассоциацэм и мурадщ абы теухуауэ къэрал унафэхэм халъхьапхъэ зэхъуэкIыныгъэхэр утыку кърихьэну», - къыхагъэщащ хьэщIэхэм. Зи гугъу ящIа Iуэхугъуэхэм ящыщщ лышх узыфэр зыпкърыт сымаджэхэм я узыншагъэр зэфIэгъэувэжынымкIэ Налшык и санаторэхэри Iуэхум къыхашэну зэрамурадыр. Келехсаевэ Оксанэ къытеувыIащ сымаджэхэм я зэкъуэтыныгъэм мыхьэнэшхуэ зэриIэм. Узыфэ шынагъуэр зэрыпкърытыр зыжраIа цIыхур дэIыгъынымкIэ, ар щытыкIэ хьэлъэм къишынымкIэ, дохутырымрэ сымаджэмрэ зэпыщIэнымкIэ, и Iуэхур дэкIынымкIэ нэгъуэщI упщIэ куэди зэфIэхынымкIэ ассоциацэм лэжьыгъэшхуэ егъэзащIэ. «Сэ сапыщIащ фи республикэм щыщу лышх узыфэр зыпкърыт куэдым, сыщыгъуазэщ ахэр зыIууэ гугъуехьхэм, абы къыхэкIыуи дыхуейт сымаджэхэм я зэкъуэтыныгъэ щIыналъэм къыщызэдгъэпэщыну», - жиIащ абы. КIуэкIуэ Казбекрэ ассоциацэм хэтхэмрэ тепсэлъыхьащ республикэм и онкологие IэнатIэм IэщIагъэлIхэр къешэлIэнымкIэ щIыналъэ программэ зэхэлъхьэнымкIэ щыIэ хэкIыпIэхэм. Апхуэдэуи зэгурыIуащ ди щIыналъэм Кавказ Ищхъэрэм и дохутырхэр хэту онкологием теухуа форум щрагъэкIуэкIыну. Абы кърагъэблэгъэнущ къэралым и клиникэ цIэрыIуэхэм щылажьэ IэщIагъэлI пажэхэр. Республикэм и Iэтащхьэм жиIащ форумыр зыхуей хуэзэу къызэгъэпэщынымкIэ, егъэкIуэкIынымкIэ, апхуэдэуи ассоциацэм и лэжьыгъэр ефIэкIуэнымкIэ, зиужьынымкIэ сыт и лъэныкъуэкIи дэIэпыкъуэгъу яхуэхъуну зэрыхьэзырыр. КъищынэмыщIауэ, «Здравствуй» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм лышх узыфэр зыпкърыт сымаджэхэм коронавирусым зэрыпэщIэт вакцинэр зэхрагъэлъхьэн зэрыхуейм теухуауэ псалъэмакъ щхьэхуэхэр ирагъэкIуэкI. Абыхэм я мурадщ апхуэдэ лэжьыгъэ ди республикэми къыщызэрагъэпэщыну. ЩхьэщэмыщI Изэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2410.txt" }
Дерс щхьэпэхэр Егъэджэныгъэр зызыужь, зызыхъуэж Iуэху зехьэкIэщIэ куэд махуэ къэс къызыхыхьэ IэнатIэщ. Мыгъэрей гъэ еджэгъуэщIэри блэкIахэм къахощ апхуэдэ щIэщыгъуэхэмкIэ. Къапщтэмэ, фокIадэм и I-3-хэм ди курыт школхэм я еджакIуэхэм лекцэ гъэщIэгъуэнхэм къахуеджэнущ IэщIагъэлI Iэзэхэр, еджагъэшхуэхэр, министрхэр, щIыналъэхэм я Iэтащхьэхэр, хьэрычэтыщIэхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм я лIыкIуэхэр – гъащIэм хэзыщIыкI, абы и унэтIыныгъэ зэхуэмыдэхэм ехъулIэныгъэ лъагэхэр щызыIэрызыгъэхьа ди цIыху цIэрыIуэхэм ящыщ куэд. Зэгуэр еджакIуэу щыта, партэхэм дэса а балигъхэм иджы къагъэзэж фIыуэ ялъагъу школхэм, абыхэм нобэ екIуалIэ ныбжьыщIэхэм я дуней еплъыкIэхэмкIэ, Iуэху зехьэкIэ мардэхэмкIэ, ехъулIэныгъэм ухуэзышэ бгъэдыхьэкIэхэмкIэ ядэгуэшэну. «Убгъэдэлъ щIэныгъэмкIэ щIэблэм ядэгуашэ» фIэщыгъэр зыгъуэта а дерс-зэхуэзэхэр Интернетым и IэмалхэмкIэ нагъэсынущ мелуан бжыгъэхэр зыщыпсэу къалэшхуэхэм дэт курыт школхэм щеджэхэми, зи цIыху бжыгъэр мащIэ щIыпIэхэм щылажьэ еджапIэхэм я гъэсэнхэми я деж. «Знание» урысей зэгухьэныгъэм къызэригъэпэща а егъэджэныгъэ челленджым (псалъэр инджылызыбзэм къыхахащ, къикIыр «къыхуеджэныгъэ») къызэщIиубыдэу темэ зэмылIэужьыгъуэхэм ехьэлIа Интернет-роликхэр, школ дерс жыпхъэм итхэр, социальнэ сетхэмкIэ зэбгрыкIынущ, иужькIэ курыт шеджапIэхэм къыщагъэлъэгъуэнущ. ФокIадэм и пэщIэдзэм апхуэдэ дерсхэр псом япэ дыдэу зытынухэм ящыщщ УФ-м егъэджэныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ Бугаев Александр, УФ-м щIэныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ Гуров Григорий, УФ-м ФедерацэмкIэ и Советым и унафэщIым и япэ къуэдзэ Глебовэ Любовь, «Урысейр Iэмал псори здэщыIэ къэралщ» щIэныгъэ зэгухьэныгъэм и генеральнэ унафэщI Комиссаров Алексей, «ЭкономикэмкIэ школ нэхъыщхьэ» еджапIэм и ректор Анисимов Никитэ, Урысейпсо цIыхубэ фронтым (ОНФ) и гъэзэщIакIуэ комитетым и пашэ Кузнецов Михаил сымэ, нэгъуэщIхэри. Дерсхэр онлайн щытыкIэм иту къызэрагъэпэщынущи, школакIуэхэм Iэмал яIэнущ псалъэмакъым хэт дэтхэнэми упщIэхэр иратыну. Апхуэдэхэм ящыщщ УФ-м ЩэнхабзэмкIэ, ЕгъэджэныгъэмкIэ, ЩIэныгъэмкIэ, СпортымкIэ и министерствэхэм я IэщIагъэлIхэр, «Росатом», «РЖД», «Газпром», «Росконгресс», «Сбербанк», «Почта Банк», «ГТО», «Iуэху щызэфIах Урысей», «Жор Плъыжь» зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, нэгъуэщI къэрал, жылагъуэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэр. ШколакIуэхэр лекторхэм ядэуэршэр хъунущ езыхэр дэзыхьэх сыт хуэдэ унэтIыныгъэмкIи. - ЩIэныгъэр уи закъуэ убгъэдэлъкIэ мыхьэнэшхуэ иIэкъым – абы и къарур нэрылъагъу щыхъур адрейхэми ялъэбгъэIэсмэщ, уи зэфIэкIымрэ зэчиймкIэ нэгъуэщIхэм уадэгуэшэфмэщ, - жеIэ «ЩIэныгъэ» урысейпсо зэгухьэныгъэм и пашэ Древаль Максим. – ГъащIэм и унэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм ехьэлIа щIэныгъэ куу, къызэрымыкIуэ зыбгъэдэлъхэр, Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэн икIи купщIафIэ куэдым щыгъуазэ дэтхэнэри къыхудоджэ егъэджэныгъэ челленджым жыджэру хэтыну. ЩIэблэм дадэвгъэгуашэ дбгъэдэлъ псэкупсэ къулеягъымкIэ. Ди республикэми щекIуэкIынущ апхуэдэ дерс зэIухахэр, лекцэ гъэщIэгъуэнхэр. Къэралпсо цIэрыIуагъ зиIэ лекторхэм нэмыщI, ди еджакIуэхэм псалъэмакъ щхьэпэхэр драгъэкIуэкIынущ «Урысейм и пашэхэр» къэралпсо зэпеуэм ди щIыналъэм щыщу щытекIуа IэщIагъэлIхэм. «Iуащхьэмахуэ» клубым хэт а IэщIагъэлIхэр ныбжьыщIэхэм яхутепсэлъыхьынущ зыIэрагъэхьа ехъулIэныгъэхэм хуэзыша Iуэхугъуэхэм. ЖЫЛАСЭ Маритэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2411.txt" }
Хьэвжокъуэ Людмилэ: «Бзэр къэзыгъэщIыр усакIуэрщ» 2021 гъэр Урысейм щIэныгъэм и илъэсу ягъэуващ. Абы нэхъри гулъытэ яхудегъэщI щIэныгъэлIхэм я лэжьыгъэм, щIэныгъэм и гъуэгум тет щIалэгъуалэм. Ди республикэм щагъэуващ КъБР-м и Iэтащхьэм и саугъэтыр. Ар хуагъэфэщащ щIэныгъэлI ныбжьыщIэу тхум. Филологие щIэныгъэхэм я кандидат, Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым къэбэрдей-шэрджэс литературэмкIэ и къудамэм и унафэщI Хьэвжокъуэ Людмилэ абыхэм ящыщщ. Хьэвжокъуэм лэжьыгъэ куэд триухуащ лъэпкъ усыгъэм и щэхухэм. - Людмилэ, уэ ди Iэтащхьэм и саугъэтыр къыпхуагъэфэщащ гуманитар щIэныгъэхэм хэплъхьа къэхутэныгъэхэм папщIэ. Сыт хуэдэ а къэхутэныгъэхэр? -ЩIэныгъэ лэжьыгъэм сыпэрытщ илъэс I2 хъуауэ. Къэхутэныгъэхэм хыдобжэ а зэманым къриубыдэу згъэхьэзыращ лэжьыгъэ 70 хуэдиз. Ар урысей индексым къыщыгъэлъэгъуахэрщ. Абдеж къыщымыгъэлъэгъуауэ иджыри щIэныгъэ лэжьыгъэу 30, тхылъищ сиIэщ. Автор зэхуэмыдэхэм ятеухуауэ тхыгъэ 60 згъэхьэзыращ. Абыхэм яхэтщ архивым къыщыдугъуеижу, зи цIэ зэфIэдгъэувэжахэр. Абы теухуа тхылъым и япэ Iыхьэр мы гъэм зыхуей хуэзгъэзэну си мурадщ, етIэнэгъэ етIуанэ Iыхьэм зеспщытынущ. НэгъуэщI проектышхуи сыхэтщ: «Адыги (черкесы)» энциклопедие тхылъышхуэр мы гъэм Москва къыщыдэкIынущ. Ар «Урысейм ис лъэпкъхэр» (Народы России») серием хеубыдэ. А тхылъым щыщу сэ IыхьитI згъэхьэзыращ: адыгэ литературэм и тхыдэмрэ иджырей литературэмрэ ятеухуахэр. -КъызэрызгурыIуэмкIэ, уи лэжьыгъэхэм я фIагъ нэхъыщхьэщ лъэпкъ усыгъэр джыным епха дэнагъэр гъэнщIыжыныр… - Ар мураду зыхуэзгъэувыжатэкъым, пэжым ухуеймэ. Ауэ езыр-езыру сыхуэкIуащ абы. Лъэпкъ усыгъэм куэд щIауэ сыдехьэх – ди университетым сызэрыщеджа лъандэрэ. Усэм и IукIэм, рифмэм, ритмым сызыIэпишэу зыгуэр хэтт. Литературэ и лъэныкъуэкIэ зэпкърысх къудей мыхъуу, макъамэ къыхэзубыдыкIырт. Къапщтэмэ, лъэпкъ усыгъэм къыщIоувэ езым и ежьу, макъамэ гуэр. Арат нэхъыбэу абы сызышэр. ЩIэныгъэм зеста нэужь, гурылъ сщIащ а лъэныкъуэр нэхъ куууэ къэстIэщIыну. Ауэ щыхъукIи, си къэхутэныгъэр филологие щIэныгъэм и мардэм имыхуэу, математикэми сыхэIэбащ. Абы нэхъри гъэщIэгъуэн къысщищIырт сызэлэжьыр. Иджыпсту сызэлэжь доктор диссертацэм а темэм теухуауэ зы Iыхьэ хэзгъэхьащ. ИужькIи, монографие щхьэхуэ тезухуэжыну сыхуейщ. Лэжьыгъэм сыздыхэтым, слъэгъуащ лъэпкъ усыгъэр зэман кIыхькIэ щIэныгъэм и гулъытэ хуэныкъуэу къызэрекIуэкIар. АтIэми ар и пIэм иткъым – щIэ гуэрхэр къыхохьэ, усакIуэхэми къахохъуэ. -Къэбэрдей-шэрджэс усыгъэр сыт нэхъ къызэрыхэщхьэхукIыр? - ЖыIэн хуейщ поэтикэм куэд къызэрызэщIиубыдэр. Абы хохьэ художественнэ щхьэхуэныгъэр, къэгъэсэбэпа Iэмалхэр, стилистикэр, ритмыр, рифмэр. УсакIуэ къэс езым и хъэтI иIэжщ. Псалъэм папщIэ, КIуащ БетIал япэу ди усыгъэм хилъхьащ «инверсие синтаксис» жыхуэтIэр. ЩыIэщ усакIуэхэр, я тхыгъэхэм псалъэщIэхэм дащыхуэзэу. Къапщтэмэ, бзэр къэзыгъэщIыр усакIуэхэрщ. Псалъэм и хьэтыркIэ, сонетым и гугъу тщIынщи. Урыс авторхэм абы къыщагъэсэбэп усыгъэм и мардэ щхьэхуэхэр. Адыгэ авторхэр нэхъ зэжалIэр инджылыз гъэпсыкIэрщ. УрохьэлIэ, итальян хабзэм тету тхахэми. Адыгэ IуэрыIуатэм и рифмэм аллитерацэр куэду хэтщ. Нэхъыщхьэ дыдэу хэлъ щхьэхуэныгъэр абы къыщIэувэ ежьурщ – куэдыми макъамэ щIалъхьащ. - УсакIуэ нэхъыжьхэмрэ иджырейхэмрэ сыт зэрызэщхьэщыкIыр? - УсакIуэ ныбжьыщIэхэм тхэн къыщIадзащ нэхъ хуиту, утIыпщауэ. ТкIийуэ мардэм итыным мыхьэнэ иратыжыркъым. ЦIыхум талант иIэр пэжмэ, абы и усыгъэр щытыкIэ щIэщыгъуэм йоувэ езыр-езыру. ЗэрызэщхьэщыкIым и гугъу пщIымэ, зытетхыхь Iуэхугъуэхэр зэрызэмыщхьыр къыхэбгъэщ хъунущ. Щхьэж зыгъэпIейтем егъэусэ. Ауэ итIани, сыт хуэдэ зэманым и усыгъэри зэхуэзышэж темэхэр щыIэщ: лъагъуныгъэр, философиер, гъащIэр. Епсэлъар Къарэ Каринэщ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2412.txt" }
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Терроризмэм ебэныным щызэкъуэувэным и махуэмкIэ цIыхухэм зэрызахуигъазэ Урысей махуэгъэпсымкIэ фокIадэм и 3-р Терроризмэм ебэныным щызэкъуэувэным теухуа махуэщ. Ар къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ 2004 гъэм фокIадэ мазэм и япэ махуэхэм Беслъэн къалэм къыщыхъуа гукъутэ Iуэху­гъуэ­хэм. Абы щыгъуэм терактым цIыху 300-м щIигъу хэ­кIуэ­дауэ щытащ, я нэхъыбэр сабийуэ. А къэхъукъащIэ шы­нагъуэм къигъэлъэгъуащ абы и къызэгъэпэща­кIуэхэмрэ и гъэзэщIакIуэхэмрэ я нэ­мыукIытэншагъэм, гу­щIэгъун­шагъэм, бзаджагъэм, гъэпцIагъэм гъунэ зэримыIэр. Терроризмэр лейзехьэ Iуэхугъуэшхуэу зэры­щытыр Къэбэрдей-Балъкъэрми игъэунэхуащ. Иджыри тщыгъупщакъым 2005 гъэм и жэпуэгъуэ мазэм щIыналъэм щекIуэкIа къэхъукъащIэхэр. Абы щыгъуэ Налшык щызэрахьэ терактым хэкIуэдащ къызэрыгуэкI цIыху 15-рэ хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэу 35-рэ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, къыкIэлъыкIуэ илъэсхэми, террориз­мэм хэщIыныгъэншэу дыпэщIэтыфакъым. Террористхэм яIэщIэкIуэдахэр тщыгъупщэркъым. Дэ, нобэ псэухэм, ди къалэнщ бзаджащIэхэм яIэщIэкIуэдахэм я фэеплъыр тхъумэным къищынэмыщIауэ, апхуэдэ щIэпхъаджагъэ зэи къэмыгъэхъужынымкIэ тхузэфIэкI тщIэ­ныр. Абы папщIэ лъэпкъ куэд щыпсэу Урысейм, зэманми игъэунэхуауэ, лIэщIыгъуэкIэрэ къыдекIуэкI зэгурыIуэныгъэр, зэхущытыкIэфIхэр, псэкупсэ лъапIэныгъэ нэхъыщхьэхэр, хабзэ дахэхэр зэрытхъумэным, зэрыщIэдгъэбыдэным дыхущIэкъун хуейщ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2413.txt" }
Угъурлыуэ къытхущIэкIыну! КъБР-м и Къэралыгъуэм и махуэм дэщIыгъуу фокIадэм и 1-м ди республикэм щагъэлъэпIащ ЩIэныгъэхэм я махуэри. Гухэхъуэт а пщэдджыжьыр. ДэнэкIи хуэдэу, ди щIыналъэм и къалэхэмрэ къуажэхэмрэ я уэрамхэм къыдыхьат удз­ гъэгъа Iэрамэ дахэхэр зыIыгъ, екIуу хуэпа ныбжьы­щIэхэр. Ахэр хуэпIащIэрт я школхэм щекIуэкIыну гуфIэгъуэ зэхыхьэхэм, я япэ дерсхэм. Псом хуэдэжтэкъым махуэш­хуэр нэхъыбэу зыхуэщIа сабийхэу япэ дыдэу япэ классым кIуэхэм яIэ гукъыдэжым и инагъыр. Апхуэдэ цIыкIухэм я бжыгъэр ди республикэм мы гъэм мин 12,5-м щы­щIегъу. Псори зэхэту къапщтэмэ, гъэ еджэ­гъуэщIэр яублэжащ ди щIыналъэм и ныбжьыщIэ мини 115-м щIигъум. ШколакIуэхэм я гуфIэгъуэр даIыгъыну, ЩIэныгъэхэм я махуэмкIэ ехъуэхъуну дэтхэнэ курыт еджапIэми а махуэм яхуе­б­лэгъащ хьэщIэ лъапIэхэр. Апхуэдэхэт ­КъБР-м и Парламентымрэ Прави­тельст­вэмрэ я лIыкIуэхэр, район, къалэ, ­къуажэ администрацэхэм я Iэтащхьэхэр, егъэ­джэныгъэмкIэ щIыпIэ IэнатIэхэм я уна­фэщIхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я пашэхэр.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2414.txt" }
Гумрэ псэмрэ зыгъэпIейтей КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ гъэ еджэгъуэщIэм хуэщIа гуфIэгъуэ зэхыхьэу Шэрэдж районым хыхьэ Жэмтхьэлэ Ипщэм щызэхашам. ЩIыналъэ администрацэм и унафэщI Муртазов Борис и гъусэу ар яхуэзащ Чубаков Алий и цIэр зэрихьэу жылэм дэт курыт школым и егъэджакIуэхэмрэ езанэ классым щIэ­тIысхьахэмрэ. Къы­зэхуэсахэм псалъэ гуапэ куэд яжриIащ КIуэкIуэ Казбек. Япэ классым щIэ­тIысхьэ цIыкIухэм защыхуигъазэм, абы къыхигъэщащ ЩIэныгъэхэм я махуэр абыхэм я дежкIэ дуней щIэщы­гъуэм хэзышэну гъуэгум и къежьапIэу зэрыщытыр икIи абдеж щегъэжьауэ абыхэм гъащIэм къащыхуэщхьэпэн гъэ­щIэгъуэн куэд къызэращIэнури жи­Iащ. Апхуэдэу КIуэкIуэм фIыщIэ яхуи­щIащ къыхаха IэщIагъэм хуэпэжу я ­къалэн гугъур жэуаплыныгъэ зыхащIэу зыгъэзащIэ егъэджакIуэхэми. ЩIэныгъэхэм я махуэм хуэгъэпса псалъэ гуапэхэр КъБР-м и Iэтащхьэм щитхащ и Инстаграм напэкIуэцIми. «ПщIэ зыхуэсщI, Къэбэдей-Балъкъэ­рым и цIыхухэ! ШколакIуэхэ, студентхэ, егъэджакIуэхэ, адэ-анэхэ! Сигуми си псэми къабгъэдэкIыу сынывохъуэхъу ЩIэныгъэхэм я махуэмкIэ, гъэ еджэ­гъуэщIэр зэрывублэжымкIэ, - итщ а зы­хуэгъэзэныгъэм. - ФокIадэм и 1-р дэтхэнэ егъэджакIуэми гъэсакIуэми я ­дежкIэ зыпэрыт IэнатIэм и гъунэщIэр щрилъ, зыхуэзэша и гъэсэнхэм щаIущIэж гуфIэгъуэ махуэщ. ШколакIуэ­хэмрэ студентхэмрэ ядежкIэ а махуэр мэхъу щIэныгъэщIэхэр зэгъэгъуэты-ным, ныбжьэгъугъэр гъэбыдэным, къэ­кIуэну гъащIэ хьэлэмэтым икIи куп­щIа­фIэм я щIэдзапIэ. Егъэджэныгъэ-гъэ­сэныгъэ IэнатIэм зи гъащIэр епха дэтхэнэми сохъуэхъу лъэхъэнэщIэр Iуэху гъэщIэгъуэн куэдкIэ гъэнщIауэ ефхьэ­кIыну, щIэныгъэщIэхэм я дунейм фыхэ­зышэ нобэрей махуэр угъурлы дыдэ псоми тхуэхъуну». А махуэм гуфIэгъуэ зэхыхьэ ин ще­кIуэкIащ Май щIыналъэми. Абы хыхьэ Ново-Ивановскэ жылэм фокIадэм и 1-м къыщызэIуахащ Козуб Шурэ и цIэр зезыхьэ лицей №7-м и унэщIэр. Ухуэ­ныгъэр зэфIагъэкIащ «Кавказ Ищхъэ-рэ федеральнэ щIыналъэм зегъэу­жьын» къэрал программэм къыщыгъэлъэгъуа Iуэхугъуэхэм япкъ иткIэ. Зэхуэсым хэтащ КъБР-м и Парла­ментым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Гекиев Заур, КъБР-м ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министр Бэрбэч Алим, Май районым и администрацэм и Iэтащхьэ Саенкэ Татьянэ, УФ-м и Лъэпкъ гвардием ­КъБР-м щиIэ къудамэм и унафэщIым и къуэдзэ Трушин Алексей, щIыналъэм щылажьэ IуэхущIапIэхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, къуа­жэдэсхэр. КъБР-м и Парламентым и депутатхэм къаб­гъэдэкIыу Егоровэ Татьянэ махуэшхуэмкIэ гуапэу ехъуэхъуащ къы­зэхуэса псоми. - ФокIадэм и 1-р гумрэ псэмрэ зыгъэпIейтей махуэщ куэдым я дежкIэ. ­ Ар идопх щIэныгъэ зэгъэгъуэтыным ехьэлIа IэмалыщIэхэм, творческэ бгъэ­дыхьэкIэщIэхэм, ехъулIэныгъэщIэхэм дыхуэзышэ Iуэху зехьэкIэщIэхэм. А ­псори зэпхыжар къытщIэхъуэ щIэблэм гъэсэныгъэ екIурэ щIэныгъэ куурэ еты­ныращи, егъэджакIуэхэми, школакIуэ­хэми, адэ-анэхэми фи гугъапIэхэр на­хуапIэ хъуну сынывохъуэхъу, - къихигъэщащ Егоровэм. - Ново-Ивановскэ жы­лэм щыпсэухэм я дежкIэ нобэрей гуфIэгъуэр тIуащIэщ: ЩIэныгъэхэм я махуэм япэу и бжэхэр къызэIуех сабий 440-рэ щеджэным хуэщIа школыщIэм. Ар еджапIэ дахэщ жыпIэныр мащIэ дыдэщ - школыщIэр къызэгъэпэщащ зыхуей-зыхуэфI псомкIи, абы Iэмал ­псори иIэщ щIэблэм щIэныгъэ куу ­егъэгъуэтынымкIэ. КъБР-м и Парламентым и пресс- Iуэ­ху­щIапIэм хъыбар къызэрыдигъэ­щIам­кIэ, Егоровэр гуапэу ехъуэхъуащ школы­щIэм и егъэджакIуэхэми, ще­джэну цIы­кIухэми, абыхэм я адэ-анэхэми. Гулъы­тэншэ ищIакъым КъБР-м и Къэралыгъуэм и махуэри икIи къы­хи­гъэ­белджылыкIащ щIыпIэм, республикэм щыпсэу дэтхэ­нэми зыIэригъэхьэ ехъу­лIэныгъэр къэ­ралыгъуэр ­нэхъри зыгъэ­быдэ Iуэху­гъуэу зэры­щы­тыр. Парламентым и пашэм жиIа псалъэ­хэм къыдыщIагъуу, гуфIэгъуэ зэхуэ-сым кърихьэлIахэм гуапэу ехъуэхъуащ Геккиев Заур, Саенкэ Татьянэ, нэ­гъуэщI­хэри. ШколыщIэм и бжэр къызэIуахыу, абы ищIа лентI плъыжьыр зэпаупщIащ хьэщIэ лъапIэхэм. ЕджапIэр зыухуа «АССО» фирмэм и унафэщI Настаев АлисулътIан лицеищIэм и пашэ Хиврич Еленэ тыгъэ хуищIащ унэщIэм и ­IункIыбзэIухыр. ГуфIэгъуэм хэтахэм школыщIэм зыщрагъэплъыхьащ, фэеплъ сурэтхэ-ри зытрагъэхащ. Махуэшхуэ зэхыхьэхэр щекIуэкIащ республикэм и еджапIэ нэхъыщхьэ­хэми, абыхэм епха колледжхэми. Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэр­-дей-Балъкъэр къэрал университе-тым фокIадэм и махуэшхуэхэм, ЩIэныгъэмрэ технологиемрэ я илъэсым ирихьэлIэу къыщызэрагъэпэщащ «Иджы­рей урысей щIэныгъэр» лекцэ зэIу­хахэр. КъБКъУ-ми абы и къудамэ псо-ми щекIуэкIащ лекцэ купщIафIэ зэ­­мы­лIэужьыгъуэу 23-рэ. Абыхэм къеджащ университетым и щIэныгъэлI цIэрыIуэхэр. «Иджырей щIэныгъэм зэрызиужьыр», «Жылагъуэмрэ щIэныгъэмрэ», «ЩIэныгъэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэр» темэхэм, нэгъуэщIхэми ятеухуат лекцэхэр. Студентхэм хьэлэ-мэт куэд яжезыIахэм ящыщщ химие щIэныгъэхэм я доктор, профессор Хьэшыр Светланэ, педагогикэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и Социально-гуманитар институтым и щIэныгъэ унафэщI Грусман Владимир, тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат, университетым грантхэмкIэ и къудамэм и инженер Тумэ Аскэр сымэ, нэгъуэщIхэри. ФокIадэ мазэм къриубыдэу апхуэдэ лэ­жьыгъэхэм пащэнущ. КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъу­мэш университетым къыщызэрагъэпэща апхуэдэ гуфIэгъуэм зыкърахьэ­- лIащ абы щылажьэ IэщIагъэлIхэмрэ щеджэ студентхэмрэ нэмыщI, абыхэм я адэ-анэхэми. ЗэIущIэр къызэIуихащ икIи иригъэкIуэкIэкIащ КъБКъМУ-м и ректор Апажэ Аслъэн. Ар къызэхуэ­сахэм гуапэу ехъуэхъуащ ЩIэныгъэ-хэм, КъБР-м и Къэралыгъуэм я махуэмкIэ. - Нобэ, ЩIэныгъэхэм я махуэм, студентрэ школакIуэу минищэ бжыгъэхэм яублэжащ лъэхъэнэщIэр. Си гум къыбгъэдэкIыу захузогъазэ егъэджэ­ныгъэм хыхьэжахэми, еджапIэхэм я бжэхэр япэу къызэIузыхахэми. Дэтхэнэм и дежкIи нобэрей махуэр ирехъу ехъулIэныгъэщIэхэм, щIэныгъэщIэхэм укъыхуезыджэ уэздыгъэ нэху, къахущI­рекI ар лъагапIэщIэхэм хуэзышэ гъуэгу бгъуфIэ, - жиIащ Апажэм. - Ди мэ­къу­мэш университетым щеджэхэм, абы и езанэ курсым къыщIэтIысхьа щIалэ­гъуалэм сохъуэхъу къыхаха IэщIагъэмкIэ щIэныгъэ куу зрагъэгъуэтыну, студент илъэсхэр щызу, Iуэхугъуэ куп­щIафIэхэмкIэ икIи хьэлэмэтхэмкIэ гъэн­щIауэ ирахьэкIыну. Университетым и егъэджакIуэхэм ялъэкI псори ящIэнущ, фэ щIэныгъэ куу зэвгъэгъуэтын папщIэ. Абы щхьэкIэ еджапIэ нэхъыщхьэр къызэгъэпэщащ зыхуэныкъуэ псом- кIи: техникэ лъэщхэмкIи, технологие пэ­рыт­хэмкIи, IэщIагъэлI IэзэхэмкIи. Студентхэм IэмалыфIхэр яIэщ зрагъэгъуэт теорие щIэныгъэр практикэ IуэхущIапIэхэм щыщIагъэбыдэжыну. Апхуэ­дэхэм я бжыгъэр 200-м нызэрохьэс. ­Къи­­нэмыщIауэ, еджэным къыщыдэхуэ зэ­маным ди студентхэр жыджэру хэтщ университетым, республикэм и жыла­гъуэ гъащIэм. Ди щIалэгъуалэм ящыщ куэд дахьэх спортым, гъуазджэм, щэнхабзэм. Ректорым зэрыжиIамкIэ, мэкъумэш университетыр лэжьыгъэкIэ япыщIащ ди къэралми хамэ щIыналъэхэми щыIэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм. Апхуэдэхэм ящыщщ, къапщтэмэ, Абхъазым, Азербайджаным, Белоруссием, Словакием, Корее Ипщэм, Швейцарием я мэкъу­мэш университетхэр, институтхэр. Университетым и езанэ курсым и ­студентхэм зыщрагъэплъыхьащ еджапIэм и унэхэм. Абыхэм папщIэ къызэ­рагъэпэща гуфIэгъуэ концертышхуэр куэдым ягу ирихьащ. Зэхуэсым и кIэу-хыу абы хэтахэм зытрагъэхащ фэеплъ сурэтхэр. Апхуэдэу гукъинэу, Iэтауэ, атIэми «Роспотребнадзор»-м къигъэув санитар-эпидемиологие хабзэхэм тету, ди щIыналъэм щагъэлъэпIащ ЩIэныгъэ­хэм я махуэхэр. ГуфIэгъуэ зэхыхьэхэр щекIуэкIащ къалэхэм, къуажэхэм дэт курыт школ псоми. Ахэр ягъэдэхащ еджакIуэхэм къызэрагъэпэща кон­цертхэм. ЖЫЛАСЭ Маритэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2415.txt" }
«Сыринэ» ныбжьыщIэ театр диIэнущ Зэи щымыIауэ ныбжьы­щIэ театр ди республикэм иIэнущ. «Сыринэ» зыфIаща театр-студиер «Адыгэ дуней» лъэпкъ фондым къы­зэрегъэпэщ артист ныбжьыщIэхэм зыщагъэсэн папщIэ, адыгэбзэр зыгъэIу­рыщIэхэр, утыку итыным дихьэххэр ирагъэблагъэ. IэщIагъэм и щэхухэм зыхэ­зыгъэгъуэзэну, спек­такл­хэм щыджэгуну хуейхэр къыхахынущ фокIадэм и ­12-м. Къэпщытэныгъэ зэIущIэр щекIуэкIынущ Налшык къалэм, Нэгумэм и цIэр зезыхьэ уэрамым тет 45-нэ унэм. Ар сыхьэти 10-м щIи­дзэнущ. Ныб­жьыщIэхэр литературэ тхыгъэ (усэ кIэщI, Iуэтэжым щыщ пычыгъуэ) е гъащIэм къыщыхъуа зы теплъэгъуэ къеджэн хуейщ. Студием зыщызыгъэсэну­хэр илъэс 14 хъухэм щегъэ­жьауэщ. Ахэр тхьэмахуэм тIэу щызэхуэсынущ Кэнжэ ­къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм. Зыгъэсэнур режиссёр, актёр Къанкъул Ислъамщ. НыбжьыщIэхэм яхуэкIуэ тхыгъэ зэрыщымыIэм къыхэкIыу, ягъэувыну спектаклхэм я ­лъабжьэ хъуну пьесэхэр сабийхэм яхуитхынущ усакIуэ, драматург Къаныкъуэ Заринэ. Апхуэдэуи нэгъуэщIхэм я ­къалэмыпэм къыпыкIIамэ, ягъуэтмэ, ахэри ягъэувынущ. Дызэрыт илъэсым и гъатхэм зы спектакль игъэува­кIэщ Ислъам. Къаныкъуэ Заринэ итха «МафIэгу» пьесэм къытращIыкIа лэжьыгъэм щы­джэгуахэр Шэджэм школым щеджэ сабийхэр арат. Иджы зэпымыууэ лэжьэну студием зыщагъэсэнущ ныбжьыщIэхэм. IэщIагъэр нэхъыфIу къызэхъулIэхэр спектаклхэм хагъэхьэнущ, Кавказ Ищхъэ­рэм хиубыдэ республикэхэм, Тырку къэралыгъуэм ахэр яшэнурэ щагъэлъэгъуэнущ. Студием зыщызыгъэсахэм зэреджам щыхьэт техъуэ тхылъхэр (сертификат) иратынущ, «Сыринэм» щагъуэта щIэныгъэр IэщIагъэ яхуэхъуфынущ. Артист IэщIагъэр фIыуэ зылъагъухэм я хъуэп­сапIэм япэ лъэбакъуэхэр ­хуачынымкIэ ар IэмалыфIщ. УпщIэ зиIэхэр фыпсалъэ хъунущ 8-967-418-09-53, 40-55-70 телефонхэмкIэ. ИСТЭПАН Залинэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2416.txt" }
«Псалъэ» - къалэдэсхэм адыгэбзэ щызрагъащIэ хэщIапIэ Налшык къыщызэIуах щIалэгъуалэ зэхуэсыпIэ гъэщIэгъуэнхэм язщ иджыри къэс хуэфэщэн гулъытэ зыхуэдмыщIа «ХъыбарыфIхэр» («Good ­stories») зыфIэзыщыжа тхылъ тыкуэныр. Щыри зым хэту жыхуаIэм ещхьу, тыкуэнуи, тхылъ хъумапIэуи, кофе ефапIэуи зыкъэ­зыгъэлъагъуэ Хъурей Санэ и хэщIапIэр Къэбэрдей уэра­мым тетщ. Нэхъ пасэуи хъыбар къэIуауэ щытащ абы усэ фIыуэ зылъагъухэр зэрыщызэхуэсым теухуа хъыбар. Мы махуэхэм Санэ утыку къызэрихьа гу­пыжыр нэхъ гъэщIэгъуэныжщ. И ныбжьэгъухэу Битокъу Маринэрэ Балъкъэр Астемыррэ я гъусэу, Санэ къызэрегъэпэщ «Псалъэ» зыфIища, адыгэбзэкIэ щыуэршэрыну зыщагъэ­хьэзыр клуб. «Хэт ди клубыр къыщIызэ­д­гъэ­пэщыр? - ягъэув упщIэ адыгэбзэ клубыр зыгъэлэжьэнухэм. Езыхэми жэуап зра- тыж: - Илъэс 16-м фIэкIа дэтхэнэ зыми папщIэ. Дызэхуэ- зэху адыгэбзэкIэ фIэкIа дып­сэ­лъэнукъым. Псысэхэм деп­­лъынущ, тхылъхэм деджэнущ, теплъэгъуэ цIыкIухэр дгъэу­вынущ, псоми зэгъусэу ды­тепсэлъыхьыжынущ. Дызэ­хуэ­зэн ипэкIэ, зи гугъу тщIы-нум и хъыбар зэбгрыттыкIынущ». «Мы гупыжыр апхуэдизкIэ куэд щIауэ си гум къыщызохьэкIри, сытемыпсэлъыхьыну сху­зэфIэкIыжыркъым, - щетх Хъурей Санэ и инстаграм напэ­кIуэцIым. - Куэдым ящIэ сэ адыгэбзэ зэрызмыщIэр. Срип­са­лъэркъым, къызгуры­мы­Iуэ­ри нэхъыбэщ. Абы егъэлеяуэ сегъэгузавэ. Мэзкуу дыкъы­щIи­IэпхъукIыжа щхьэусы­гъуэ­хэм язт адыгэбзэм дрип­сэ­лъэну дызэрыхуейр. Куэдрэ зыдмыгъэгувэу, бзэм дыхуе­зы­гъэджэн къэдгъуэтат, сыту жыпIэмэ дэ езым ди анэдэлъ­хубзэр къыдгурыIуэу икIи дрип­салъэу дыхъуа нэужь, ди сабийхэри абы хуедгъэсэну ды­щIэхъуэпсырт. Илъэс ны­къуэ хуэдизкIэ дыкIуащ егъэ­джа­кIуэм деж. Ауэ аргуэру зы бэ­лыхь дыIууащ - зыри бзэм дрип­салъэртэкъым. Бзэр пщIэн пап­щIэ, абы урипсэ-лъэн хуейщ. Уи къэпсэлъы-кIэм уте­мыу­кIы­тыхьу, пэжу къызжьэдэкIыу ­пIэ­рэ макъхэр жыпIэу, умыгузавэу. Арати, ­Битокъу Маринэ сыщыхуэза махуэ гуэрым адыгэбзэ клуб къызэдгъэпэ­щыну мурад тщIащ, щыуагъэ хэту ущып­сэлъэну мыемы­кIуу. Уи щыуа­гъэр щыуагъэлъа­гъужу, ауэ зыри къыщып­щы­мыды­хьэш­хыу. ФIы дыдэу бзэр зыщIэ гуэри димыгъусэу хъунутэкъыми, апхуэди къэдгъуэтащ - зи адыгэбзэр зи урысыбзэм ебэкI зэпыт Балъкъэр Асте­мыр». Адыгэбзэ ищIэ-имыщIэм емылъытауэ, абы ирипсэлъэну хуей дэтхэнэ зыри бэрэжьей къэс Хъурей Санэ «ХъыбарыфIхэр» зыфIища и хэщIапIэм ирегъэблагъэ. Чэрим Марианнэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2417.txt" }
Коваленкэ Кирэ и фильмыщIэм теухуауэ хъыбарыщIэ зыбжанэ «IэштIымхэр щызэрыпхкIэ» зи фIэщыгъэ, КъБР-м щыщ режиссёр Коваленкэ Кирэ и фильмыр фокIадэм и 25-м щы­щIэдзауэ Урысейм и киногъэлъэгъуапIэхэм къыщатынущ. ХъыбарыщIэм щыгъуазэ дызыщI, фильмым и продюсер Роднянский Александр зэрыжиIэмкIэ, лэжьыгъэм иджыри ехъулIэныгъэ зыбжанэ зыIэригъэхьащ. «Иджыблагъэ хэIущIыIу ящIащ Кирэ и фильмыр Ев­ропэм пщIэ нэхъ щызиIэ, ­Сан-Себастьян къалэм щы­зэхэтыну 69-нэ фестивалым и зэпеуэ программэ нэхъыщхьэм зэрыхагъэхьам и хъыбар, - щетх Роднянский Александр инстаграмым щиIэ напэкIуэцIым. - Фести­валым хэтыну къыхэзых ­къэп­щытакIуэхэм абы хагъэ­хьэ хабзэр илъэсым и кIуэцIкIэ нэм нэхъ зыкъы­щIэ­зыдза, гу зылъезыгъэта, кино IэщIагъэлIхэмрэ критикхэмрэ я нэ къыфIэна, Испанием иджыри щамыгъэлъэгъуа ­фильм­хэрщ». «Фигу къэзгъэкIыжынщи, «IэштIымхэр щызэрыпхкIэ» фильмыр Канны къалэм щызэхэт хабзэ кинофестивалым саугъэт нэхъ лъапIэр япэ дыдэ къыщызыхьа урысей фильмщ, - етх адэкIэ Роднянский Александр. - Зэрыхъу ­хабзэуи, текIуэныгъэр зыIэ­рыхьа фильмым щIы хъурейм кином щелэжь IуэхущIапIэ псоми гу къылъатащ. Ар ирагъэблэгъакIэщ пщIэшхуэ зиIэ фестивалхэу Теллурайд, Торонтэ, Нью-Йорк, Иерусалим, Варшавэ щекIуэкIынухэм. Иджы а къебжэкIым къыхэуващ нобэ зи гугъу тщIы Сан-Себастьян щекIуэкIыну фестивалри». Продюсерым зэрыжиIэм-кIэ, Коваленкэ Кирэ и филь­мыр пщIэшхуэ зиIэ апхуэдэ ­зэпеуэ зэрыхагъэхьар езы фильмым хуагъэув уасэр зэ­рылъа­гэм и щыхьэтщ. Роднянскэм кIэщIу дигу ­къегъэкIыж Налшык щыщ хъыджэбзым триха фильмхэр зытеухуар. Ар щокIуэкI Осе-тие Ищхъэрэм щыщ, къурш зэхуакум дэкъузауэ дэс, ­фIамыщI къыщIэхыпIэ къалэ Мизур. Гукъутэ къэхъукъащIэ гуэрым иужькIэ къалэм къэ­Iэпхъуауэ щопсэу фильмым хэт лIыхъужь нэхъыщхьэхэм яз Заур и унагъуэр. И къуэри ипхъури ткIийуэ зыIыгъ адэм гъэсэныгъэмрэ гулъытэ егъэ­леямрэ я гъунапкъэр IэщIокI. И къуэ нэхъыжь Аким ар хуэмыхьу Ростов лэжьакIуэ зэрыфIэкIуэрэ куэд щIащ. ЩIалэ нэхъыщIэ Дакко гъащIэм къыпихыну зыхуейр ­езыми ищIэркъым иджыри. Хъыджэбз закъуэ Адэ щIэп­хъуэжыну и мурадщ. Адэм и IэплIэ быдэхэр зэрихыу хуиту псэуну хуей хъыджэбзым ар тыншу къехъулIэркъым. Куэд къэнэжакъым Коваленкэ Кирэ и фильмыщIэм еплъыну щIэхъуэпсхэм ар ­щалъагъуну пIалъэр къэ­сыным. «Пионер» кинокомпанием и фIыгъэкIэ фильмыр фокIадэм и 25-м Урысейм къыщагъэлъэгъуэн щIадзэнущ. Тхыгъэр хьэзыр хъуакIэт зи гугъу тщIы фильмым Иерусалим щекIуэкIа фестивалым и саугъэт нэхъыщхьэр къы­зэ­рыхуагъэфэщам и хъыбарыр щызэхэтхам. КЪУДЕЙ Iэминэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2418.txt" }
Уахэм хэзыгъэбзахэ Астрофизикхэр щыхьэт зы­техъуэ къэхутэныгъэ телъы­джэхэм ятепсэлъыхь Science Alert сайтым (Австралие) хъы-­бар зэрызэбгригъэхамкIэ, ­Шы-­­­ хулъагъуэ (Млечный путь) галактикэм и кум хуэзэу япон щIэныгъэлIхэм «къыщалъэ­гъуащ» алъандэрэ зыщымы­гъуа­зэу щы­та пкъыгъуэ абра­гъуэ. КIэлъыплъахэм гу лъатащ хьэршым гъуэз зэмылIэужьы­гъуэу щызэхэувэ пшагъуэ гуэ­рэнхэм ящыщу, Шыхулъагъуэ­ ­галактикэм и кум хуэзэу щызэт-рихьахэм къызэрекIуэкIыпхъэу зэрызыщамыгъазэм. Еджа­гъэш­­хуэхэм зэрыхуагъэфа­щэмкIэ, ар и нэщэнэщ, блэкI ­псори, здэ­кIуар къахуэмыщIэу, зэуэ­зэпсэу зы­щIэзылъафэ, хьэ­лъагъ ин дыдэ зиIэ нэрымы­лъагъу «мащэ кIыфI­хэм» («чёрная дыра») ящыщ зым, астро­физикхэр алъан­дэрэ зы­щы­мыгъуазэу щы­там, абдеж зэ­рызы­щи­гъэп­щ­кIуам. Абы ипэкIэ, щIэныгъэлIхэр зыбжанэрэ кIэлъыплъащ ­Шы­хулъагъуэ галактикэм и кум псынщIащэу щызэрызехьэ ­гъуэ­­зыпшэхэм я зыгъэзэкIэм. Абы­хэм ящыщ зыр, HCN-0.085-0.094 нагъыщэ зратар, Iыхьищу зэхэтщи, языхэзым адрейхэм ­нэхърэ нэхъ псынщIэжу зегъэкIэрахъуэ. Ар къызыхэкIыу ­къалъытэр, а Iыхьэр хэ­кIы­пIэн-шэу «мащэ кIыфIым» зэры­зы­щIилъафэрщ. Хьэршым зыщызыгъэпщкIу мыбы хуэдэ нэрымылъагъу ­пкъыгъуэ абрагъуэхэр, къашэч и лъэныкъуэкIэ, лIэужьыгъуэ зыбжанэу зэщхьэщедз. Псалъэм ­папщIэ, абыхэм яхэтщ, ди пла­нетэр зи гуэгъу вагъуэ жьэ­ражьэм нэхърэ 62-кIэ фIэкIа мы­нэхъ хьэлъэ «цIыкIужьейхэри», ди Дыгъэм хуэдэу минищэ ­бжыгъэ къэзыгъэуэндэгъу, ямы­лейуэ зэхэуба «мащэ кIы­фIыжь­хэри». Шыхулъагъуэм и кум «къыщалъэгъуауэ» зыхужаIэр курыт хьэлъагъ зиIэщ. КЪУМАХУЭ Аслъэн.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2419.txt" }
Попов Павел: Лышхыр цIыхум къыдалъху Лышхыр XX лIэщIыгъуэм къыдэщIэрэщIа, ди щIыуэпсым и щытыкIэм къыхэкI узыфэу жаIэ. Сыт-тIэ цIыхур къыхэзыгъэзыхь узыфэ шынагъуэр къызыхэкIыр, дауэ зыщытхъума зэрыхъунур, лышхым и хущхъуэу къыдагъэкIыр сэбэп хъурэ хьэмэрэ ахъшэгъэкIуэд, сытхэр ди Iэмал? Абыхэм топсэлъыхь медицинэ щIэныгъэхэм я кандидат, урысей онколог Попов Павел. - Си япэ упщIэр къызэрыгуэкIщ - сыт лышхыр къызыхэкIыр? - Иужьрей къэхутэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, Iэпкълъэпкъым зэрызиукIыж Iэмалщ лышхыр. ЗэрытщIэщи, ар уз зэрыцIалэкъым, атIэ зэпымыууэ екIуэкI лэжьыгъэм къыхэхуэ «щыуагъэщ». Iэпкълъэпкъыр зэрызэпкърылъ налъэхэр (клеткэхэр) малIэри, абыхэм я пIэм щIэ къоувэж, цIыхур узыншэмэ, армырамэ лышх узыфэм хуокIуэ. Щыуагъэ жытIэ щхьэкIэ, Iэпкълъэпкъым ищIэр къыгурыIуэжу зеукIыж. Сыт зыщIиукIыжыр? А упщIэм и жэуапри эволюцэм и ухуэкIэм хэлъщ. ЩIыуэпсым цIыхур къызэригъэщIар апхуэдэущ: зи лъхуэгъуэр блэкIа цIыхухэм я пIэм зи къару илъыгъуэ щIалэгъуалэ къиувэн хуейщи, зи ныбжь хэкIуэтахэм, эволюцэр «зыхуэмыныкъуэжхэм» ерыскъыпхъэмрэ хьэуамрэ ятримыгъэкIуэдэн папщIэ, Iэпкълъэпкъым зэрызиукIыж узыфэ мыхъужынухэри къыдегъэщI. КъигъэщIым и закъуэкъым, а узыфэхэр цIыхум пкърыту дунейм къытохьэ, и чэзур къэсмэ зэрыетэнум хуэхьэзыру. КIэщIу жыпIэмэ, цIыхур нэхъ зыщышынэ атеросклерозыр, лышхыр, фошыгъу узыр сабий къалъхуагъащIэм пкърыту дунейм къытохьэ. ЦIыхум и къалэныр - балигъыпIэ иувэу, цIыхущIэм гъащIэ иритыныр - игъэзэщIа нэужь, зыхьыжыну узыфэу пкърытыр къоушри, ар егъалIэ. ЦIыхум лъхуэныр илъэс 30 - 40-хэм щегъэтыж. Зи ныбжьыр илъэс 40-м фIэкIахэм лышх узыр нэхъыбэу къыщIеуалIэм и щхьэусыгъуэри аращ. - Лышхыр балигъ узмэ, апхуэдиз щIалэгъуалэ, сабий щхьэ илIыкIрэ-тIэ? - Лышхым и лIэужьыгъуэ гуэрхэращ сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ яхуэлъэр. Псалъэм папщIэ, нобэкIэ хъыджэбзхэм я лъхуалъэм, бгъэм нэхъ йоуалIэ дызытепсэлъыхь узыфэ шынагъуэр. Ар къызыхэкIыр - иджырей пщащэхэм илъэс 14 - 17-м къыщыщIэдзауэ цIыхухъу зэрагъэунэхуращ. ЩыIэщ вирус, лышхыр къригъаблэу. Ар ВПЧ (цIыхум и папилломэ вирус) жыхуэтIэращ - хьэмцIыракIэ зэрыцIалэр. Мис а вирусыр цIыхухъумрэ цIыхубзымрэ щызэгъусэкIэ зэIэпахыфынущ, зэроцIалэри. Зи гугъу тщIы вирусым лышхыр къигъэушыным илъэси 10 ехь. Пщащэхэр балигъыпIэ щиува илъэс бжыгъэм а илъэси 10-р хэплъхьэжмэ, илъэс 30-м нэмысыпа щIалэгъуалэ куэд тфIокIуэд. Абы къикIыркъым ВПЧ-р цIыхухъумрэ цIыхубзымрэ зэIэпах къудейкIэрэ цIыхум къыпкърыхьэу. Ар цIыхум къыщыдалъху щыIэщ. Псалъэм папщIэ, анэм иIэмэ, и бынхэми яIэнущ, иммунитетыр махэ зэрыхъуу, къызэщIэушэн хьэзыру. - Сабий цIынэм лышх къеузыным и щхьэусыгъуэр сыт? - Шынагъуэщ ар жыпIэну, ауэ пэжыр пэжщ - сымаджэу дунейм къытехьа сабийр пхуэгъэхъужми, къыпхуегъэлми, цIыху узыншэу псэунукъым. И гъащIэ псор сымаджэу, лышхым къытригъэзэжу, ныбжьышхуи къимыгъащIэу дунейм ехыжынущ. Нобэ медицинэм зиужьащи, сабий сымаджэу къалъхуахэр ягъэхъуж, ауэ нэхъапэм апхуэдэхэр къызэралъхуу е быдзафэу лIэжырт. Аращи, нэхъ узыншэрат, нэхъ быдэрат балигъыпIэм нэсыр. ЩIыуэпсым «кхъузанэм щIигъэкIа» (естественный отбор) жыхуэтIэжыр аращ. Нобэ сыт тлъагъур? Медицинэм зиужьащ, хущхъуэфIхэр диIэщ, сабий сымаджэхэр балигъыпIэм нагъэсыф. Ар эволюцэм дежкIэ фIыкъым, сыту жыпIэмэ, цIыху сымаджэу къэтэджам езым хуэдэ сымаджэщ къилъхужынури. Ар кIуэдыжыпIэщ. Медицинэм зиужьами, цIыху сымаджэр нэхъыбэ мэхъу. ЗэпэщIоувэ а IуэхугъуитIыр. ГущIэгъуншэу тхьэкIумэм къоIуэ, ауэ ар тэмэмкъым. Япэм цIыхухэр уз зэрыцIалэм, зауэм, уIэгъэм илIыкIыу щытамэ, нобэ нэхъыбэр зыхьыр лышхымрэ гу узымрэщ. - КъызэрыгуэкI цIыхухэм я гугъэщ лышхыр псантхуэм къыхэкIыу, убампIэмэ, унэщхъеймэ, уфыгъуэмэ, сымаджэ ухъуну. Ар пэж? - Ди гуапэ е ди жагъуэ зэрыхъунщи, гупсысэ защIэкIэ ди Iэпкълъэпкъым унафэ хуэтщIыфыну щIыуэпсым дыкъигъэщIакъым, лышхыр гупсысэкIэ зэпшэлIэфынукъым икIи пхуэгъэхъужынукъым. Псори зэлъытыжар генетикэмрэ а генетикэр къэзыгъэуш щхьэусыгъуэ зыбжанэмрэщ. «И натIэм итт» жыхуаIэр нэхъ къозэгъ. Узыр зэзылъэфалIэу жыхуаIэ нэщхъеирилэхэм ятеухуауэ… Нэщхъеирилэр зи щIалэгъуэр блэкIа, жьы хъуным хуэмыхьэзыр, ар зи жагъуэ, илъэс 40-м щхьэпрыкIа цIыхухэращ. «Кризис» жыхуаIэр зиIэхэр. Жьы зэрыхъур и фIэщ ищIыну хуэмей, абы иринэщхъей цIыхум и чэзум (и ныбжьым елъытауэ) жытIэу къыпкърыхьа (ищхьэIуэкIэ зи гугъу тщIар) лышх узыр гупсысэнымрэ гузэвэнымрэ къыхихауэ жиIэнущ медицинэм пэжыжьэм. Ар зи фIэщ хъун куэди щыIэщ. Аращ абы хэлъыр. - Узым зи лъэр щIигъэху, жыIэзыфIэщ куэд щыIэщ. Апхуэдэхэм я псэр узым зэрыхуэхьэзырым зыгуэр иIыгъ? ЗэрыжаIэщи, узэджэр къокIуэ… - Ди жагъуэ зэрыхъунщи, и чэзум къамыгъэувыIа узыр хэтIэсауэ къыпхузэтегъэувыIэжыххэнукъым. Абы сэбэп хуэхъунукъым уи шхэкIэри спортри, фIым уегупсыскIи мыхьэнэ иIэнукъым. - ЗыхузэфIэкIхэмрэ хуэмыщIахэмрэ зэрызагъэхъуж Iэмалхэм ятеухуауэ сыт къыджепIэн? НэгъуэщIу жыпIэмэ, уи жыпым илъым елъыта ухъужынрэ умыхъужынрэ? - Къулеймрэ къулейсызымрэ зэхуэдэ лышх лIэужьыгъуэ къеуэлIауэ къэтщтэнщ, псалъэм папщIэ, базилиомэ. Ар щIыфэ лышх лIэужьыгъуэщ, яхуэгъэхъужхэм ящыщщ. ХуэмыщIам, полисым къызэритIасэм хуэдэу, къызэрыгуэкI IэмалхэмкIэ еIэзэнущ. Къулейр хамэ къэрал кIуэнурэ, иужьрей зэманым къэунэхуа хущхъуэхэмкIэ, фотодинамикэ терапиемкIэ зигъэхъужынущ. ТIум щыгъуэми, тIури ягъэхъужынущ. Ауэ зым къелIэлIэнущ, и узыр къыдагъэпсынщIэнущ, къеубзэнущ, етIуанэр гугъу ехьынущ, къызэрыгуэкI сымаджэщ щIэлъынущ, зыри къемылIалIэу къыщыхъуурэ абы иринэщхъеинущ. Ауэ щыIэщ лышх лIэужьыгъуэ, мы дуней мылъкур тебгъэкIуадэкIи пхуэмыгъэхъужыну. Псалъэм папщIэ, хьэбзэгупэр (поджелудочная железа) иубыдамэ. Фигу къэвгъэкIыж Apple-р къэзыгъэщIа, нэхъ къулей дыдэу дунейм тетахэм ящыщ Джобс Стив. Ар лышхым ихьащ, зыри сэбэп къыхуэмыхъуу. Апхуэдэщ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэхэу Фриске Жаннэ, Хворостовский Дмитрий, нэгъуэщIхэри. - ЦIыхум ишхым и зэран зэрекIыжыр-щэ? Языныкъуэ шхыныгъуэхэм, дагъэм, тутыным, къыхэкIыу жаIэ лышхыр. - Ерыскъым лышх къыхэкIыу е а узыфэр ерыскъыкIэ ягъэхъужу зыми къихутакъым иджыри. Ауэ пэжщ, ерыскъыр зэмыкIуэкIыу, зэман кIыхькIэ щызыгъэлъ пкъыгъуэхэм - нитритхэм, псалъэм папщIэ, - нэхъ псынщIэу «къагъэуш» лышхыр. Псом хуэмыдэу куэтэнымрэ лъатэмрэ иубыдынущ. Аращи, куэдрэ щылъ шхыныгъуэхэр махуэ къэс пшхыну узыншагъэкъым. Апхуэдэу, кIэрисхьа, куэдрэ жьа шхыныр гынщ. КъищынэмыщIауэ, тутынафэхэм я тхьэмбылыр хуэмахэщ лышхым. Апхуэдэ щIыкIэкIэщ цIыхум лей зэрызрихыжыфынур. - ЦIыху пшэрхэм лышхыр нэхъ яхуэлъэу зэрыжаIэр пэж? - ЖаIэ, ауэ пэжкъым ари. Уэд, пшэр жиIэу зэхэгъэж ищIыркъым лышхым. - Онкологхэм зэрыжаIэмкIэ, лышхыр езанэ, етIуанэ лIэужьыгъуэм фIэмыкIамэ, ягъэхъуж, ауэ а зэманым ар къэпхутэну гугъущ. Сыт щIэгугъур? Медицинэр пэмылъэщрэ хьэмэрэ цIыхухэр зыкIэлъымыплъыжрэ? - Проценти 100-кIэ, зыри къэмынэу мэхъуж 0 лIэужьыгъуэм ит лышхыр - шыкъыр химыщIауэ, зы миллиметрым нэхъ фIэмыкIауэ, Iей хъуну хунэмысауэ урихьэлIэмэ. Ауэ, езанэ лIэужьыгъуэм хыхьакъэ, лъахъц иутIыпщакъэ - лышх налъэхэр лъым хэлъу Iэпкълъэпкъым зригуэшэнущ. Лышхыр ягъэхъужынущ щыжаIэкIэ, зэрыщыту ягъэкIуэду аракъым, атIэ илъэси 5 хуэдизкIэ «къемышынэуэжыну» къызэтрагъэувыIэну аращ. А зэманыр зэрыдэкIыу, лышхым къытригъэзэжынущ, нэхъапэIуэ иутIыпща лъабжьэхэри къыдэщIэрэщIауэ. 0 лIэужьыгъуэм итым зыуи зыкъуигъащIэкъыми аращ цIыхухэр дохутырым деж щIэмыкIуэри. Аращ илъэс къэс дохутыр зэгъэплъын щIыхуейр. - Урысейм и закъуэ лышхыр 0 - 1-нэ лIэужьыгъуэхэм ит щIыкIэ къыщамыхутэфыр хьэмэрэ адрей къэралыгъуэхэри апхуэдэ? - США-м къызэрыщахутамкIэ, зи тэмакъыр лышхым иубыдахэм я процент 95-р малIэ. Абы и щхьэусыгъуэри щIахъумэркъым - узыр хэтIэсауэ къызэрахутэрщ. Аращ дэри ди ныкъусаныгъэр. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, лышхыр дуней псом ди зэхуэдэ гузэвэгъуэщ, къызэрахутэри зэреIэзэри зы Iэмалщ, кърикIуэри зы кIэухщ. Ауэ хамэ къэрал щыпсэухэм зыгуэр къеузмэ, занщIэу дохутырым деж макIуэ, дэ дыкъэмытэджыжыфу пIэм дыхиубыдэху зэдгъэплъынукъым. Ар зи зэран къыдэкI ди лъэпкъ хьэлщ. Германием, псалъэм папщIэ, лышхыр 0 - 1-нэ лIэужьыгъуэхэм иту къахутэф, икIи псынщIэу ягъэхъуж. Абыхэм я Iэмэпсымэхэр е хущхъуэхэр нэхъыфIу аракъым, атIэ, я цIыхухэм илъэс къэс дохутыр зэрызрагъэплъым и фIыщIэщ. - Дуней псом мы узыфэр къызэрыщахутэ, зэрыщеIэзэ щIыкIэр зэтехуэу жыпIащ. Урысейм ящыхуэмыгъэхъуж сымаджэхэр Израилым е Германием щашэ щыIэщ, абы сэбэп къыщыхуэхъуну къагъэгугъэу. - Ари ди лъэпкъ хьэлхэм ящыщщ - медицинэр цIыхум сэбэп хуэмыхъунумэ, ехьэкI-къехьэкI хэмылъу Iуэхум и пэжыпIэр жыдоIэ. Дауи, сымаджэм и благъэхэр хуейкъым ар я фIэщ ящIыну. Аращи, ахъшэу яIэр къащтэ е къалъэIухуэри, къедбжэкIа къэралхэм яшэ. ЩIэрыщIэу анализ ирагъэтыж, абы мылъкушхуи зэмани ехь. ИтIанэ «къоIэзэ». ЗытIэкIукIэ сымаджэр нэхъыфI хъуамэ, ягъэхъужауэ ягъэхъыбар. Пэмылъэщамэ, зэрымыхъужынур къыжраIэ, узыр пщхьэщызых хущхъуэ гуащIэхэр хуатхри, къаутIыпщыж. Дэ пэжыр занщIэу жыдоIэ, хамэ къэралхэм а пэжым щхьэкIэ сом мелуан бжыгъэ пIах… Нэмыцэ дохутырхэм хущхъуэ лъэпсейхэмкIэ яхуэмыгъэхъужа лышх лIэужьыгъуэр къызэрыгуэкI фотодинамикэ терапиекIэ Урысейм къыщыщызэтрагъэувыIи къохъу. ЦIыхум и хущхъуэгъуэр зыхэлъыр къыпхуэщIэнукъым. - ГурыIуэгъуэщ. Медицинэр сэбэп зыхуэмыхъу, зи узыр хэтIэса сымаджэм и Iыхьлым сыт хуэдэ чэнджэщ ептыр? - Куэдрэ срохьэлIэ апхуэдэ. Сымаджэм и томографием уоплъри, гъащIэу къыхуэнар къыбгуроIуэ, зыри сэбэп зэрыхуэмыхъужынури нэрылъагъущ. Апхуэдэхэм деж цIыхум гугъэ нэпцI ебгъэщIыну, сэбэп къыхуэмыхъуну хущхъуэ лъэпсейхэмкIэ я жыпыр бунэщIыну гущIэгъуншагъэщ. Сэ абыхэм чэнджэщу естыр зыщ - фIэIэфIыр евгъэшх, зыхуейр хуэфщIэ, зыгъэгуфIэн жефIэ, тенджыз Iуфэр фIыуэ илъагъумэ, фшэи зевгъэгъэпсэху, и иужьрей махуэхэр хуэвгъэдахэ. Попов Павел онколог цIэрыIуэщ, илъэс 20-м щIигъуауэ Краснодар къалэ щолажьэ. Абы зэрыжиIэмкIэ, цIыхубзхэм илъэс ныкъуэм зэ гинеколог зрагъэплъын, колоноскопие ирагъэщIын хуейщ. КъищынэмыщIауэ, зи ныбжьыр илъэс 35-м щхьэпрыкIа бзылъхугъэхэр маммологым деж илъэсым зэ кIуапхъэщ. Илъэс 40 ирикъуа цIыхухъухэм «ПСА онкомаркер» жыхуаIэ анализыр ирагъэт. Тхыгъэр http://top.funnyreps.club напэкIуэцIым къитхащ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "242.txt" }
Щысакъын хуей зэман ШыщхьэуIу мазэр дуней къэхъукъащIэхэр щыятэ лъэхъэнэу къокIуэкI: псыхэр къоу, къуршхэм псыдзэхэр къох. Нэхъ шынагъуэ дыдэхэм ящыщщ хуабэм къигъэткIу мыладжэхэм хуэм-хуэмурэ къыхэкIуэту, гъуэгупэм къыщыхутэ псори ирихыу, къехуэх мывэ абрагъуэхэр. Дунейм и къэхъукъащIэхэм кIэлъыплъ щIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, дунейр нэхъ хуабэ зэрыхъурэ Кавказ къуршхэм къыщыхъу насыпыншагъэхэм хэхъуащ. Iуащхьэмахуэ къагъэIурыщIэну ди щIыналъэхэм турист, альпинист куэд къокIуэ. Ахэр къуэджэладжэ гъуэгуаехэм къыщыхутэу къегъэлакIуэхэр сэбэп ящыхуэмыхъужыф куэдрэ къохъу. - Мы гъэмахуэ лъэхъэнэм къриубыдэу, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Осетие Ищхъэрэм, Къэрэшей-Шэрджэсым зыщызыгъэпсэху туристхэм ящыщ зыбжанэ къуршым къеха мывэхэм я зэранкIэ хэкIуэдащ. Иджы хуэдэ лъэхъэнэм ди республикэм и къуршхэм зы махуэм хуэзэу цIыху I минрэ ныкъуэрэ докI. ЗэрыжытIэщи, ар щIыналъэм и МЧС-м и къудамэу а щIыпIэхэм щыплъырхэм я деж зезыгъэтхахэрщ. ЩхьэзыфIэфIу ежьэхэм я бжыгъэр зэрыхъур зыми ищIэркъым. ШыщхьэуIур икIыху къуршыр къэткIунущ, апщIэндэху мывэхэри къехуэхынущ. Къуршым зыплъыхьакIуэ кIуэхэм псом япэу зыщагъэгъуэзапхъэщ абы зэрызыщыпхъумэну щIыкIэхэм: мывэ къехуэхым гу зэрылъыфтэу, лъэныкъуэкIэ зыIувдз, цIыху зыбжанэ фыхъумэ фызэрыубыди, рюкзакхэмкIэ е фи IэхэмкIэ щхьэр фIэвубыдыкI, апхуэдэ напIэзыпIэ шынагъуэхэм деж жыг къудамэ къудейри куэд и уасэщ, ауэ псом нэхъ шынагъуэншэр, хабзэм тету, гъуэгугъэлъагъуэ фигъусэнырщ,- жиIащ Управленэм и хъыбарегъащIэ IэнатIэм и пресс-секретарь Бер Къантемыр. ШЭРЭДЖ Дисэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2420.txt" }
Къалэн нэхъыщхьэр Токио щагъэзащIэ Токио щекIуэкIа Паралимп джэгухэр иухащ. Урысей Федерацэм икIахэм абы еплIанэ увыпIэр щиубдыдащ. Ди спортсменхэм япэ ищащ Китайр, Великобританиер, США-р. Токио щызэхэта джэгухэм «Дыдейхэр» зыфIаща урысей командэм къыщихьащ дыщэ медалу 36-рэ, дыжьыну 33-рэ, домбеякъыу 49 - псори зэхэту медали II8-рэ. Ещанэ увыпIэм щхьэкIэ ди спортсменхэм американхэм бэнэныгъэ гуащIэ драгъэкIуэкIащ зэхьэзэхуэхэм и иужьрей махуэр къэсыху, арщхьэкIэ икIэм-икIэжым Штат Зэгуэтхэм я спортсменхэм я кIэн къикIащ. Псом я щхьэр - Паралимпиадэ-2020-р зэрекIуэкIарщ икIи Урысей Федерацэм и спортсменхэр абы хэтыну Iэмал зэрагъуэтарщ. - Ди командэм зэхищIащ дэIэпыкъуныгъэрэ гулъытышхуэрэ къызэрыхуащIыр икIи зэфIэкI лъагэхэр къагъэлъэгъуэфащ. Дунейпсо утыкум увыпIэ нэхъыщхьэхэр щихъумащ, медаль зэхьэзэхуэми еплIанэ увыпIэр щызыIэригъэхьащ, - жиIащ Урысейм и Паралимп комитетым и президентым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Рожков Павел. - ДригуфIащ медаль бжыгъэхэмкIэ 2012 гъэм Лондон щекIуэкIахэм дызэрефIэкIар. Медали 118-м ящыщу 36-рэ дыщэщ. Псори зэгъусэу къапщтэмэ, къыхэгъэщыпхъэщ зэхьэзэхуэм къриубыдэу ди спортсменхэм я ехъулIэныгъэхэмкIэ дызэрагъэгуфIар, уеблэмэ дызыщымыгугъа медалхэри къытхуахьу. ШыщхьэуIум и 24-м щIэзыдза Паралимпиадэр екIуэкIыху ди зы спортсмен коронавирус узыфэр къеуэлIакъым. Ар ехъулIэныгъэшхуэщ, текIуэныгъэ инуи къызолъытэ. Китайм и паралимп командэр етхуанэу зэкIэлъхьэужьу гъэмахуэ джэгухэм щытокIуэ. Шэч хэмылъу ахэращ паралимп зэщIэхъееныгъэм и пашэхэр. Къыхэгъэщыпхъэщи, ахэр щытекIуэр хабзэ зэрыхъуауэ, лъабжьэфI щаIэ спорт лIэужьыгъуэхэм я закъуэкъым - фоч гъэуэным, стIолыщхьэ теннисым, бадминтоным, атIэ зэпэщIэтыныгъэшхуэ щекIуэкI утыкухэми къыщыхожаныкI. Токио щекIуэкIа Паралимпаидэм и япэ махуэм щегъэжьауэ иухыхукIэ Китайм пашэныгъэр зыIэщIигъэкIакъым. Абы кърикIуащ етIуанэ увыпIэр къэзыхьа Великобританием медаль 83-кIэ зэрыщхьэщыкIар. Джэгухэм къриубыдэу урысейхэр етIуанэ увыпIэм къыщыдэкIуеяи къэхъуащ, арщхьэкIэ зэхьэзэхуэм и кIэухыр хьэрхуэрэгъухэм нэхъыфIу ирагъэкIуэкIащ. 2012 гъэ лъандэрэ ди командэр япэу Паралимпиадэм хэтауэ арат - Рио-де-Жанейрэ щекIуэкIам урысей паралимпхэр допинг щхьэусыгъуэхэмкIэ хагъэхьатэкъыми. Спортсмен 241-рэ хъу гупышхуэ Токио ягъэкIуащ. Ахэр хэтащ спорт лIэужьыгъуэ 22-м ящыщу 19-м. Урысейм и гупыр нэхъ ин дыдэхэм ящыщащ, нэхъыбэ хъур Япониер, Китайр, Бразилиерт. Апхуэдэу щыт пэтми ди командэм медаль къалэн хэхахэр хуагъэуватэкъым. «Нэхъыщхьэр ди спортсменхэр узыншэнырщ, COVID-19-м ехьэлIа щытыкIэ гугъухэм емылъытауэ зэхьэзэхуэ пэж, псэемыблэж къагъэлъэгъуэнырщ», - къыхигъэщауэ щытащ Паралимп джэгухэм ипэ къихуэу Урысейм спортымкIэ и министр Матыцин Олег. Лондон 2012 гъэм щыIам урысей паралимпхэр медаль бжыгъэкIэ ефIэкIащ, дыщэ медалхэр зэхуэдизщ. Ауэ ди хьэрхуэрэгъухэм фIыуэ хагъэхъуащ. Къапщтэмэ, 2012 гъэм - еханэу, 2016-м - еплIанэу щыта США-р иджы нэхъыфIищым ящыщщ. Спорт лIэужьыгъуэ щхьэхуэхэм я гугъу пщIымэ, къыхэгъэщыпхъэщ, 2012 гъэм атлетикэ псынщIэмкIэ ди спортсменхэр нэхъ кIащхъэ зэрыхъуар, ауэ псы есыным зэрефIэкIуар. Ди тхыдэм зэи къыщымыхъуауэ велоспортымрэ фехтованиемрэ дыщэ медалхэр къыщытхьащ. Джэгухэм я япэ дамыгъэхэр дыщиIэщ боччэмрэ каноэмкIэ псы есынмрэ. 2012 гъэм Лондон дыщэ медаль къызэрыщытхьауэ щыта футболыр паралимп программэм хагъэкIыжащ. Япэу джэгухэм хагъэхьа паратхэквондомкIэ урысейхэм домбеякъ медалищ къахьащ. Токио щэнейрэ паралимп чемпион щыхъуащ псын есынымкIэ спортсменхэу Жданов Роман, Калинэ Андрей, Шабалинэ Ларисэ. Велогонщик Асташов Михаил, фехтовальщик Кузюков Александр, псы есынымкIэ Николаев Андрей, атлетикэ псынщIэмкIэ Сафронов Дмитрий сымэ тIэунейрэ чемпионщ. - Спортсменхэр псори лIыхъужьщ, хэбдзын яхэмыту. Лэжьыгъэшхуэ къызэранэкIащ Токио кIуэн папщIэ, - жиIащ Рожков Павел. - Коронавирус узыфэ къекIуэкIым и зэранкIэ къыщыхах зэхьэзэхуэхэр гъэмэщIа хъуауэ щытащ. А псоми емылъытауэ ди спортсменхэм зэхьэзэхуэ пэж къагъэлъэгъуащ икIи ехъулIэныгъэшхуэхэр кърикIуащ. Къалэн нэхъыщхьэр - къэралым хуэфэщэн, абы и щIыхьыр хъумэн - ягъэзэщIащ. Жыласэ Замир.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2421.txt" }
Артисткэ цIэрыIуэр ящыгъупщэркъым Псэужамэ, шыщхьэуIум и 23-м и ныбжьыр илъэс 98-рэ ирикъунут КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Шортэн Даниткэ. Тэрч щIыналъэм хыхьэ Борыкъуей къуажэм 1923 гъэм къыщалъхуа хъыджэбзыр пасэ дыдэу, областым и театр курсхэм щрагъэджэну къыхахахэм ящыщт. 1937 гъэм Налшык и Ленин еджапIэ къалэ цIыкIур ехъулIэныгъэхэр иIэу къиухащ. А курсхэр щеджахэращ 1936 гъэм къызэрагъэпэщауэ щыта Къэбэрдей лъэпкъ колхоз-совхоз театрым и труппэм лъабжьэ хуэхъуар. Шортэн Данитки и гъащIэ псор зытриухуар лъэпкъым и актёр школым, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ хуэщIынырщ. Даниткэ и лэжьыгъэ гукъинэжхэм ящыщщ Гоголь Николай и «Ревизор» (Марья Антоновнэ и ролыр), Корнейчук Александр и «Платон Кречет» (Майе), Щхьэгъэпсэу Мухьэмэд и «ТIэмашэ и унагъуэр» (ФIыцIэ), Тубай Мухьэмэд и «Мэжидрэ Мэрьятрэ» (Марьят), Бормаше и «Фигаро и фызышэщ» (Сюзаннэ), Шортэн Аскэрбий и «Нэхур къыщыщIэнэм щыгъуэ» (Iэсият), «Шортэн Аскэрбий и «Къамботрэ Лацэрэ» (Лацэ), Акъсырэ Залымхъан и «Дахэнагъуэ» (Чэзибан), Мольер и «ЗалымыгъэкIэ ягъэIэза» (Люсиндэ), Фадеев Александр и «НыбжьыщIэ гвардие» (Шевцовэ Любовь) спектаклхэм щигъэзэщIа роль нэхъыщхьэхэр. Лъэпкъ театрым и япэ режиссёру щытар тхакIуэ, драматург, РСФСР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, иужькIэ Даниткэ щхьэгъусэ хуэхъуа Шортэн Аскэрбийщ. Абыхэм япхъу, Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ артисткэ, балетмейстер, егъэджакIуэ Шортэн Аллэ илъэс куэдкIэ хэтащ «Кабардинка» къэрал академическэ къэфакIуэ ансамблым. Аллэ и дахагъэр дуней псом щызэлъащIысауэ щытащ, и сурэтыр зытет «Танцующая пара» кIэнфет пхъуантэр саугъэт папщIэу ящIар, дэнэ щIыпIи зэрыщащэм къыхэкIыу. 2006 гъэм республикэм и театр гъуазджэм хэщIыныгъэшхуэ игъуэтащ. Хьэлъэу сымэджа нэужь, и ныбжьыр илъэс 83-м иту дунейм ехыжащ Шортэн Даниткэ. Республикэм и лъэпкъ театрым и тхыдэм зи цIэр епха артисткэ цIэрыIуэр ноби ящыгъупщэркъым и благъэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ, ар къэзыцIыхуу, и лэжьыгъэхэм дихьэхыу щытахэм. ТЕКIУЖЬ Заретэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2422.txt" }
Емыкъум еплъи, дэзышым еуэ Гукъеуэр, зыхуэпIуэтэн ущимыIэххэм деж, шакъэпсым хэдзи, тхылъымпIэм ет! ТхакIуэ Iэпэлъапашхэхэр, е, дэ тщIэ мыгъуэрэ, духьэшы – дыуэтххэр дгъэIущыжу аркъым. Сэгъей зыущиижыфа щыIэт-тIэ?! Зигу дыкъипсэлъыкIыну дызэлIалIэр, гурыгъу-гупыжхэр дзыхь зыхуащI тхылъымпIэ напэр зымыгъуэтыж, жылэ зыбжанэрщ. Есэпым докIэрахъуэ дунейр. Мес а жылэ зыбжанэми бжыгъэ зэгуэтыр я уэчылт: псалъалэ кIыхь зи жагъуэхэр сурэт - гуэдзэным фыкъыдэбжэ хъунущ. КъБР-м и адрей щIыналъэхэми хуэдэу, «Зольские вести» зи фIэщыгъэ газетыр дзэлыкъуэдэсхэм щаIэрыхьэр нобэ-ныжэбэтэкъым. Минрэ хьэм хурагъэхьми, а лъэлъэжа къэралыжьым щIыналъэ IупэфIэгъу зэримыIар хьэкъщ. Псоми къапихырт щхьэж зыхуэфI-зыхуэIэижьыр; нэм щIагъаткIуэ къызыпымыкIынухэми къалэн гуэр къахущIиIукIырт. Дауи ирехъуи, адыгэ жылэ 15-м я щхьэ нобэ кърикIуа нэмыплъыр совет лъэхъэнэм къыкъуагъэплъынутэкъым. Iуфэлъафэр къэдмыхъухьу, зи гугъу тщIыр езы газетыр тезыдзэхэм я жьэкIэ: «ЩIыналъэ газет цIыкIур тфIэфIыпст. Радио щылэжьэжыркъым ди бгылъэхэм. Телеканалхэм, дыщэр къапыщэщми, а дызыхуэныкъуэ лъэпкъыбзэр къиIукIыркъым. КъБР-м и адыгэ къэтынхэм зи нэ къыхуикI куэд къытхэтщ. Пэжщ, «Адыгэ псалъэр» къытIэрыхьэнут, ауэ тедзапщIэм псори пэлъэщыркъыми, ди тепIэн деплъурэ ди лъэр доукъуэдий. 2018 гъэ пщIондэ, дебыркъ-дешыркъми, зыгуэрурэ дыкъэгъуэгурыкIуат: «Зольские вести»-м дэлът адыгэбзэ напэкIуэцI. Ар гуIэфIтещIэжт дэркIэ. Гупыж, гуауэ, хъуэхъу, щыгъуэщIэж хуэдэхэр уи бзэкIэ къыщыпIуатэм деж гузагъэгъуэщ. Ди дагъэ дыкъигъэлыбжьэжу адыгэ гупсысэм дыкъуэст абы щыгъуэ. НтIэ, 2018 гъэм ирихьэлIэу бзэхащ а ди напэкIуэцIыр. ДыщIэупщIащ. Дыпсэлъащ. ДыщIэлъэIуащ. ЯпэщIыкIэ: «Iэмал имыIэу дгъэзэкIуэжынщ» жаIэурэ щхьэдагъэIухри, нэхъ иужьыIуэкIэ... «Аркъымэ, балъкъэрхэм ямыIэ напэкIуэцIыр фэ (адыгэхэм) фыщIиIэн хуейр сытыт?!» траухуэжащ. Мо жылэ цIыкIуитIыр напэкIуэцI хуэмеймэ, дэ ди дагъуэр сыт?» КIэщIу къэтIуэтэжам (цIэ зэдайуэ къедгъэзэгъами) пщIэрэ щхьэрэ яIэжу цIэ уней щэрэ минрэ къыкъуэтщ. Языдэтхэнэри поплъэ адыгэ напэкIуэцIым. Языхэзри IэщIэдз белджылыкIэ «Зольские вести»-р зи IэмыщIэ илъым щогугъ. ДзэлыкъуэщIым и щыпэлъагъутэкъым фыз фIыцIэ нащхъуэу адыгэбзэм Iуплъэхэр. Совет лъэхъэнэми ди щIэщыгъуэжтэкъым пIалъэ-пIалъэкIэрэ дзэлыкъуэлI щIэныгъэжьхэм «адыгэбзэм трагъэхьэ лейр. Къетлъэфэжьэжынкъым иджы мыпсэужхэм я унэцIэхэр, ауэ щыхъукIи дызэупщIыжыну игъуэщ: дэнэ апхуэдэхэр иджыпсту здэщыIэр? Дэнэ здэкIуар? Сыт здахьар? «Джэдгын зи жагъуэм и пащIэщIыIу щогъагъэ» зыхужаIэу дэри тIухуащ а дзэлыкъуэщI жьантIэм и бзэгуIуантIэр. Шыкур худощI къыдэзытам. Адыгэ жьэгу дапIыкIам (ар Учредители ирехъу) дызэрызэхищIыкIынум шэч хэлъкъым. Унэвым удын ецырхъмэ, мэзывым и бжьэр мэхъей жи. ЗызышыIэ Тхьэм и щIасэщ. Дыпэплъэнщ иджыри. Хэт ищIэрэ, дзэлыкъуэдэсым уи гурыгъыр ижрэ, адыгэ напэкIуэцIым зэи утемыплъэжыххэ хъужыкъуэмэ... Сыт пхуэтщIэн, тIу, пасэрейм жиIауэ: «апхуэди къохъу, шкIэхъужьи малъхуэ». Абы щыгъуэми умыухыж уигу, мес нэхъ лъэрызехьэж гуэрхэр гъунэжу къопщIэпщIэкI ПсыхуабэкIэ. Джэду гъунэгъурыпщу Мэшыкъуэ жьэгъум зыкъезыкъузылIахэр къемэтыр къэса нэужьи пхуэщхьэукъуэнукъым. Я IумацIэ къицIэфту поплъэ ахэр Давид пащтыхьыжьым къыдежьэ таурыхъхэр уи быным дзапэ уэрэду щыIурацIэлъынум. Ахэр пхущысхьынукъым напэкIуэцI щхьэхуэ! Абыхэм уафIэкIынукъым. Уекъунщ. Дэпшынщ. Дэнэ укIуэн? Насыпыжьыр дэ диIэмэ, апщIондэху дыпсэункъым, армыхъумэ Тамбукъан гуэлри тхуримыкъунтэкIэ шакъалъэу! КЪАРМЭ Iэсият
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2423.txt" }
Iуэху щхьэпэм куэд зэхуишэсат Республикэм и Прохладнэ куейм и утыку нэхъыщхьэм «Армия-2021» урысейпсо дзэ-техникэ форум махуищкIэ щекIуэкIащ. Абы къы­зэхуишэсат республикэм щыпсэу куэд. Къэбэрдей-Балъкъэ­рым и ГИБДД-м и лэ­жьа­кIуэхэм абы хиубыдэу ирагъэкIуэкIащ «Си адэр тетщ ­гъуэгум зэрыщызекIуапхъэ хабзэм» Iуэхур. Абы хэтащ я адэхэр ящIыгъуу къэкIуа ­ныб­жьыщIэхэр. Дзэ техникэр щагъэлъа­гъуэм къызэхуэсахэм я пащ­хьэ къыщыпсэлъащ райо-ным и къэрал автоинспек- цэм и лэжьакIуэхэри. Урысей МВД-м и «Прохладнэ» къудамэм и ОГИБДД-м и унафэщI, полицэм и майор АфIэунэ Мурат сабийхэри ­балигъхэри къыхуриджащ ­гъуэгум зэрыщызекIуэн хуей хабзэм тетыну, адрейхэми щапхъэ яхуэхъуну. Юнармейцхэр, волонтёрхэр, жылагъуэ, IэнатIэ щхьэ­хуэхэм я лэжьакIуэхэр къызрихьэлIа Iуэхум хэтахэм гъуэгум щысакъыным къыхуезы­джэхэр яIыгъыу фэеплъ су­рэтхэр зытрагъэхащ икIи къагъэгугъащ гъуэгум зэры­щы­зекIуэн хуей хабзэр ягъэ­зэщIэну. Бахъсэн Азэмэт.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2424.txt" }
И хэкум, и лъэпкъым папщIэ псэуа Хъуран Батий Дунейм лъэпкъыу тетым я тхыдэр, зэрахьэ хабзэхэр, адрейхэм къазэрыщхьэщыкI я лъэпкъ нэщэнэхэр, гупсысэкIэмрэ псэукIэмрэ къозыгъащIэр абыхэм я анэдэлъхубзэращ. Адрей бзэхэми хуэдэу, ди адыгэбзэми тхыдэ кIыхь иIэщ, гъуэгуанэ купщIафIэ къикIуащ. Адыгэбзэм зиужьыным, зиузэщIыным и Iуэхум сыт щыгъуи егъэпIейтейуэ лъэпкъым папщIэ псэуа цIыху пэрытхэм ящыщщ адыгэ щIэныгъэлI, еджагъэшхуэ, хэкупсэ нэс Хъуран Батий (1890-1928). Иджырей адыгэбзэ грамматикэр зэфIэувэным зэман куэд ихьащ. 1917 гъэм екIуэкIа Жэпуэгъуэ революцэшхуэм иужькIэ ар урыс грамматикэм и хьэрфхэм хуагъэкIуащ. ИлъэситI-щы нэхъ дэмыкIыу бзэм и макъхэр къэгъэлъэгъуэныр хьэрып хьэрфылъэм трагъэхьащ, иужькIэ латин графикэр лъабжьэ хуэщIын хуейуэ унафэ къащтащ. Ар гъэзэщIэныр пщэрылъ хуащIауэ щытащ Хъуран Батий. А зэманым ар Налшык округым щIэныгъэмкIэ и къудамэм и унафэщIу лажьэрт. 1926 гъэм ар ягъэувауэ щытащ Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэ гъэзэщIакIуэ комитетым егъэджэныгъэмкIэ и къудамэм и пашэу. Дэфтэрхэм къызэраIуэтэжымкIэ, Хъураныр хуабжьу щыгуфIыкIат апхуэдэ унафэ бзэм зэрытрыщIыхьам, сыту жыпIэмэ, псом япэрауэ, ар зэгъэщIэгъуафIэт. КъинэмыщIауэ, дунейм тхыбзэу тетым я нэхъыбапIэр зытетыр а латин тхыкIэрат. Апхуэдэуи (ар Хъураным и дежкIэ нэхъыщхьэ дыдэт) адыгэхэм я нэхъыбапIэр зыщыпсэу хамэ щIыпIэхэм щызекIуэ бзэхэм я макъхэри къызэрыгъэлъэгъуар латин хьэрф тхыкIэмкIэт. Хэкупсэ нэсыр щIэхъуэпсырт дэнэкIэ щыIэ ди лъэпкъэгъухэри зэпыщIэжа хъунум, абы сэбэп хуэхъуну къилъытэрт тхыкIэ зэщхь зиIэ бзэхэр. Дзыхь къыхуащIа къалэныр зэман кIэщIым къриубыдэу икIи щытхъу пылъу зэфIигъэкIащ Хъураным. Латин хьэрф тхыкIэм абы иригъэзэгъа адыгэбзэ алфавитым цIыхубэр щигъэгъуэзэн щхьэкIэ, ар къытрадзащ а зэманым ди щIыпIэм урысыбзэкIэ къыщыдэкI, адыгэбзэ напэкIуэцI зиIэу щыта «Красная Кабарда» газетым. Алыфбейр зрагъэщIэну я нэ къикIырт щIэныгъэм щIэхъуэпс, гъащIэщIэр зи плъапIэ цIыхубэм. ЩIэблэм щIэныгъэр а хьэрфылъэмкIэ къащтэным сэбэп хуэхъуащ а лъэхъэнэм Налшык школхэр къыщызэрызэIуахари. Абыхэм адыгэбзэр щезыгъэджыну IэщIагъэлIхэр япэ щIыкIэ зэхуашэсурэ алыфбейм и тхыкIэмрэ къеджэкIэмрэ щыгъуазэ хуащIырт. Егъэджэныгъэ лэжьыгъэм пэрытт Хъуран Батии. АлыфбеищIэмкIэ тхэуэ икIи еджэу абы иригъасэрт газет лэжьакIуэхэр, школ егъэджакIуэхэр. Апхуэдэу ар и редакторт адыгэбзэкIэ къыдэкI тхылъхэм, езыми апхуэдэ тхыгъэхэр игъэхьэзырурэ лъэпкъ газетым къытрыригъадзэрт. АдыгэбзэкIэ газетыр къыдэгъэкIыныр нэсу зэтеублэжа щыхъуар 1924 гъэрщ. А илъэсым дэнэкIи къыщагъэсэбэп хъуащ латин графикэм тет адыгэ алыфбейр. Абы арэзы техъуат къэралым и Правительствэр икIи адыгэ лъэпкъ тхыбзэм и лъабжьэу ар къэщтэнымкIэ унафэ щхьэхуи ищIат. А гъэ дыдэм мэкъуауэгъуэм и 1-м дунейм къытехьащ «Къэрэхьэлъкъ» газетым и япэ номерыр. «Къэрэхьэлъкъыр» адыгэбзэкIэ къызэрыдэкIыр куэдкIэ и фIыгъэт Хъураным. АлыфбеищIэм зэман пыухыкIакIэ хэплъэжа нэужь, абы хэлъ ныкъусаныгъэхэр игъэзэкIуэжщ, зыхущIыщIэхэр хилъхьэжри, Хъураным ар 1924 гъэм буквару къыдигъэкIауэ щытащ. АдыгэбзэмкIэ еш имыщIэу зэрытхэм, абы ехьэлIа къэхутэныгъэхэр зэрыригъэкIуэкIым нэмыщI, Батий хэплъэжырт а бзэмкIэ тхауэ «Къэрэхьэлъкъым» и редакцэм къахь корреспонденцэ псоми, тхыгъэхэр зригъэзэхуэжырт, алыфбеищIэм иригъэзагъэу, жыпIэнурамэ, адыгэ газетым и редакторт. АнэдэлъхубзэкIэ къыдэкI газет закъуэр, «Къэрэхьэлъкъыр», цIыху минхэм я дежкIэ зэреджэ, гъащIэщIэм ухуэзышэ, абы и хабзэхэмрэ гупсысыэхэмрэ ухуэзыгъасэ икIи гъуэгу захуэ утезыгъэувэ гъащIэ тхылът. Адыгэ газетыр ди щIыналъэм ди бзэмкIэ къыщыдэгъэкIын мурадым и закъуэтэкъым Хъураным и гупсысэ куухэр зыдынэсу щытар. Абы и хъуэпсапIэт дунейм щикъухьа хъуа ди лъэпкъэгъу псори зы бзэкIэ, зы тхыкIэ зиIэ хьэрфылъэм къигъэщI бзэкIэ зэпсалъэу, я Iуэху зэрыщIэу псэуныр. ИкIэм-икIэжым апхуэдэ зэпыщIэныгъэм ахэр зы ищIыжыным хуэгъэпсат еджагъэшхуэм и IуэхущIафэхэр. Зы лъэпкъым щыщ цIыху псори, ахэр зыщыпсэу щIыпIэм емылъытауэ, зы бзэкIэ псэлъэныр, тхыгъэ зэхуэдэ яIэныр, я алыфбейхэр зэхуэдэу щытыныр - апхуэдэ Iуэху еплъыкIэхэр я лъабжьэт Хъураным лъэпкъым хуиIэ лъагъуныгъэ иным. Ди лъэпкъэгъу щэджащэ, адыгэ узэщIакIуэ, еджагъэшхуэ, щIэныгъэлI икIи хэкупсэ Хъуран Батий зэхигъэува алыфбейр адыгэхэм иджыри илъэс бжыгъэкIэ хуэлэжьащ. Ар щахъуэжар 1936 гъэращ. Нобэ абы и цIэр зэрехьэ щалъхуа Къулъкъужын Ипщэ къуажэм дэт курыт школым. Налшык къалэ администрацэм и унафэкIэ 1996 гъэм Хъуран Батий и цIэр фIащащ къалащхьэм и уэрамхэм ящыщ зым, «Тхылъ» тыкуэн цIэрыIуэр зытетым. ЩIэныгъэ куу зыбгъэдэлъа, акъыл жан зиIа, хэкум ифI къызэрыкIын мурад дахэр зи плъапIэу псэуа цIыху щыпкъэм и фэеплъыр зэман кIыхькIэ жылагъуэм щымыкIуэдыжынщ. Абы и цIэр зезыхьэ уэрам иIэщ Налшык. Адыгэбзэм, адыгэ газетым теухуауэ щIэныгъэлI щэджащэм и псэм щигъэфIа и гурылъхэр нобэрей адыгэхэм тщыгъупщэ хъунукъым. ЖЫЛАСЭ Маритэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2425.txt" }
УщIэгузэфэн зыри къэхъуакъым Чэрим Марианнэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2426.txt" }
Хэт тхылъ еджэжыр?! Нобэрей щIалэгъуалэм я дуней тетыкIэмкIэ мыарэзыуэ псалъэмакъ зэхуэмыдэхэр ирагъэкIуэкIыу куэдрэ зэхыбох. Апхуэдэу щытми, псори зы къупхъэм щIэбгъэкIыныр тэмэмкъым. ФIыи Iеи здэщымыIэ щыIэкъым, сыт щыгъуи гъащIэм а тIур щызэхэухуэнауэ къокIуэкI. ГъащIэм и хабзэхэм ящыщ зыуэ къыщIэкIынщ, сыт хуэдэ зэманми нэхъыжьхэр щIалэгъуалэмкIэ мыарэзыуэ щытыныр. Сэ къызэрысщыхъумкIэ, ар лъэхъэнэкIэрэ къыддекIуэкI хьэлщ. Гуапэ зэрыхъунщи, диIэщ къэкIуэнум нэхъыфIкIэ дыхуэзыгъаплъэ щIэблэ, нэхъыщхьэжращи, апхуэдэхэр нэхъыбэщ… Абы и лъэныкъуэкIэ сызрихьэлIа Iуэхугъуэм, нэхъ пэжу жыпIэмэ, сызэдэIуэн хуей хъуа псалъэмакъым куэдым сригъэгупсысащ. Зэхэсхыр зэрызгъэщIэгъуэныр къысхуэщIэртэкъым, апхуэдизкIэ ар си гуапэ хъуати. ЗэрыжаIэу, Iуэхум и пэр умыщIэмэ, и кIэри пщIэркъым. Зы пщыхьэщхьэ гуэрым къалэм икIыу къуажэм кIуэ маршруткэм ситIысхьэжащ. Куэд мыщIэу абы нитIысхьа щIалитIым си щIыбагъымкIэ иIэ тIысыпIэхэр яубыдащ. Уэршэрыр кърагъажьэри, я псалъэмакъыр еджэным хыхьащ. ЩIалэ псыгъуэ къамылыфэр КъБКъУ-м и экономикэ къудамэм щIэст, адрейр, къызэрызгурыIуамкIэ, Москва дэт еджапIэхэм ящыщ зым и студентт. ЩIалэхэр щызэщIэупщIэм жаIахэмкIэ сэ щыгъуазэ сыхъуащ ахэр гъащIэм зэреплъ щIыкIэм. ЖыпIэнурамэ, я гупсысэхэр куут, я мурадхэр дахэт, а къыхаха лъагъуэм адэкIи тетмэ, сэ шэч къытесхьэркъым ахэр лъэ быдэкIэ гъащIэм зэрыхэувэнум. Сэ сыт апхуэдизу гъэщIэгъуэн сщыхъуар жыпIэмэ, тхылъым теухуауэ зы щIалэм жиIарщ. НэхъыщIэхэм я гугъу тщIынкъыми, балигъхэми мащIэщ тхылъыр зи Iэпэгъуу яхэтыжыр. Псоми зэрытщIэщи, нобэ абы и пIэр иубыдащ Интернетым, сыт хуэдэ хъыбарри абы къыщыбгъуэтынущ. - Еджам хуэдэ щыIэкъым. ЩIэныгъэ убгъэдэлъмэ, уигурэ уи щхьэрэ зэтелъу упсэуфынущ. Мыхьэнэшхуэ иIэщ узыпэрыхьэ Iуэхум фIыуэ хэпщIыкIыным, абы щыгъуэщ ехъулIэныгъэ ущиIэнур. Узэгугъур къогугъуж, жаIэ. Узэджар кIуэдынукъым, ар сытми зэ къыпщхьэпэжынущ. Сэ мы факультетыр къэзухмэ, юрист щIэныгъи зэзгъэгъуэтыну си мурадщ. Дэнэ-тIэ щIэныгъэ къыздитхынур? Ар нэхъыбэу къыдэзытынур мис мы тхылъхэрщ, аращ укъэзмыгъэпцIэнури, - жиIэрт щIалэ къамылыфэм, иIыгъ тхылъым теIэбэурэ. - Сыт щхьэкIэ? Иджыпсту псори зэхэхауэ къыщыбогъуэт Интернетым, – къыпидзыжащ абы и гъусэм. - Интернети сиIэщ, ари къызогъэсэбэп, ауэ абы псынщIэу утозашэ. Сэ пщыхьэщхьэм тхылъыр къызэгуэзмыхмэ, зыгуэр къэсщIэну блэзгъэкIам хуэдэу къысщохъу. - Электрон тхылъхэр-щэ? - Ари згъэунэхуащ. Тхылъым хуэдэ хъунукъым ахэр. Уи нэр теубыдауэ экраным узэреплъым псынщIэ дыдэу урегъэшри, узэджэри тэмэму уигу пхуиубыдэркъым, гупсысэ кIапэри щIэх-щIэхыурэ пIэщIоху. Тхылъыр – ар нэгъуэщIщ, абы и напэкIуэцIхэм куууэ ухашэ абы къыщыIуэта Iуэхугъуэхэм. Псом хуэмыдэу адыгэ тхылъхэм сыщеджэкIэ, дунеищIэ гуэр къысхузэIуахыу къысщохъу, лъэпкъым и тхыдэм, и хабзэм теухуахэм лъэхъэнэ жыжьэм сыхрагъэшэжыф… Сэ сащыщщ нобэ къежьа электрон жыпхъэр и лъабжьэу хъыбарыщIэ куэд къыщыпщIэфыну Iэмалхэм япэ тхылъыр изыгъэщхэм. СфIэфIщ пщыхьэщхьэкIэрэ тхылъ седжэну, щхьэусыгъуэ гуэрхэмкIэ ар къэзмыщтэу зэман гуэр дэсхамэ, абы сыхуэныкъуэу сохъу. Арауэ къыщIэкIынщ псалъэмакъыр гукъинэ щIысщыхъуари. Иджы… хэт тхылъ еджэжыр щыжаIэкIэ, апхуэдэхэр зэрыщыIэр, уеблэмэ ди щIалэгъуалэм зэрахэтыр, дяпэкIэ сэ шэч къытезмыхьэу схужыIэнущ. ЩхьэщэмыщI Изэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2427.txt" }
ЛIэщIыгъуэм и щыхьэтхэр Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм иджыблагъэ къыщызэIуахащ «ЛIэщIыгъуэм и щыхьэтхэр» фIэщыгъэм щIэт гъэлъэгъуэныгъэ. Абы утыку къыщрахьат классикэ школым и сурэтыщI нэхъ Iэзэу къалъытэ КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Плотников Василий (1928-2020 гъ.), КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI Кочергин Владимир (1940-2018 гъ.), сурэтыщI Iэзэ Наседкин Игорь (1935-2014 гъ.) сымэ я IэдакъэщIэкIхэр. БлэкIа лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм ди республикэм щыпсэуа, щылэжьа сурэтыщIхэм къаIуэтэн я мащIэт?! Музейм и пэшхэм блэкIа зэманым и «мэ» къыщIихым ярейт. Налшык къалэр, КъБР-м и къуажэхэр, цIыху цIэрыIуэхэр, щIыуэпсым и теплъэр!.. Дэ тцIыхум зыкIи емыщхь дунейт абыхэм къагъэлъагъуэр. Гъэлъэгъуэныгъэм кърихьэлIат къэрал IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэр, школакIуэ цIыкIухэр, къалэдэсхэр. КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин зэIущIэр къыщызэIуихын ипэ, музейм и пэшхэм щызэхуэхьэса сурэтхэм набдзэгубдзаплъэу еплъащ. - Пэшым щытлъагъу сурэтхэм къызэрымыкIуэ псэр ягъэгуфIэ. Сыт зэмани хэзагъэ, екIу классикэм, езы лIэщIыгъуэ дыдэми зыри хуещIакъым. ЩIыбым къыщешх уэшхым дунейр дэнэщхъейуэ къысщыхъурти, музейм и пэшхэм сыкъызэрыщIыхьэу плъыфэрэ гуапагъэкIэ зызгъэнщIыжащ. Мы гъэлъэгъуэныгъэм, балигъхэм я закъуэ мыхъуу, ныбжьыщIэ цIыкIухэри Iэмал имыIэу къэкIуэн, блэкIа лIэщIыгъуэм и теплъэр зрагъэлъагъун хуейуэ къызолъытэ, - жиIащ Къумахуэм къызэхуэсахэм захуигъазэу. КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Темыркъан Геннадий министрым и псалъэм пищэу жиIащ, СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм зи лэжьыгъэ къыщыгъэлъэгъуахэр КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и «купкъ» быдэу зэрыщытар. - А сурэтыщIхэм я IэдакъэщIэкI телъыджэхэмкIэ ноби дигъусэщ, къытхэтщ. Ди республкэр къэпцIыхун, езы сурэтыщIхэм я Iэзагъэр бгъэунэхун папщIэ, Iэмал имыIэу, абыхэм я лэжьыгъэм уеплъын хуейуэ къысщохъу. Ди жагъуэ ззэрыхъунщи, лэжьыгъэхэр псори утыку къитхьэфакъым, иджыри гъэлъэгъуэныгъэ зыбжанэм ирикъун сурэт къэнащ нобэрей хэмыхьэу, - жиIащ Темыркъаным. Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ. Щомахуэ Залинэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2428.txt" }
Iуэхутхьэбзэхэр ирагъэфIакIуэ Лышх узыфэр зыпкъырыт сымаджэхэм медицинэ Iуэхутхьэбзэхэр зэрыхуащIэ щIыкIэм зэхъуэкIыныгъэхэр игъуэтынущ 2022 гъэм и щIышылэ мазэм щегъэжьауэ. Ар хуэунэтIауэ щытынущ дунейпсо жыпхъэхэм тету фIагъ лъагэ зиIэ дэIэпыкъуныгъэхэр сымаджэхэм зэрырагъэгъуэтыным. Абыхэм зэреIэзэну щIыкIэр щаубзыхунущ а узыфэмкIэ щыIэ медицинэ IуэхущIапIэ нэхъ лъэщхэм я дохутырхэр зыхэт консилиумым. Сымаджэщым зыхуэныкъуэ IэщIагъэлIыр ямыIэмэ, телемедицинэ технологиехэр къагъэсэбэпу зыхуеину дохутырхэм ечэнджэщыфынущ. Апхуэдэ Iэмалхэр сэбэп хъунущ и чэзум узыр зыхуэдэр къэхутэнымкIи Iэзэгъуэ тэмэм игъуэтынымкIи. «Сымаджэм здыщIэлъым нэгъэсауэ дэIэпыкъуныгъэр щимыгъуэтынумэ, псалъэм папщIэ, Iэмэпсымэ гуэр ямыIэмэ е зэреIэзэну щIыкIэкIэ къызэмыгъэпэщамэ, дохутырым и къалэнщ ар зыхуей Iуэхутхьэбзэр къыщыхуащIэну медицинэ IуэхущIапIэм игъэкIуэну», - жиIащ УФ-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм и штатым хэмыт онколог нэхъыщхьэ Стилиди Иван. Iуэхур тэмэму зэфIэкIын папщIэ сымаджэхэр здагъэкIуэну медицинэ IуэхущIапIэхэр здэщыIэ хэгъэгухэм зэрадэлэжьэну хабзэхэр щыубзыхуа щIыналъэ актхэмкIэ зэгурыIуэныгъэхэр щIагъэбыдэжын хуейщ. ЩхьэщэмыщI Изэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2429.txt" }
ЩIэныгъэр ислъам диным зэреплъыр Адыгеймрэ Краснодар (Бжьэдыгъукъалэ) къегъэщIылIа Iэгъуэблагъэмрэ я муслъымэн IуэхущIапIэм и жэрдэмкIэ, физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, щIэныгъэлI, профессор Шумахуэ Мухьэмэд и «ЩIэныгъэр ислъам диным зэреплъыр» тхылъыр Налшык къыщыдэкIащ. «Япэ къыдэкIыгъуэм хуэдэ дыдэу, - щыжеIэ Шумахуэ Мухьэмэд тхылъым и пэублэм, - ди мурадыр тхылъеджэр ислъам диныр къежьапIэ зыхуэхъуа щIэныгъэ къудамэхэм щыгъуазэ тщIынырщ». «Ди жагъуэ зэрыхъущи, нэхъыбэм ислъамыр зищIысыр зрагъэщIэну иужь щихьэкIэ, жэуапыр дзыхь зыхуэпщI мыхъун тхыгъэхэмрэ цIыхухэмрэ я деж къыщалъыхъуэ, - къыпещэ адэкIэ щIэныгъэлIым. - Абы къыхэкIкIэ, дунейпсо мыхьэнэ зиIэ диным теухуауэ еплъыкIэ пхэнж къащыIэрыхьэр мащIэкъым. Ислъамым щыгъуазэ зысщIынщ жызыIэм, щIэныгъэр къыщилъыхъуапхъэри ищIэу, езым и щхьэкIэ Iуэху еплъыкIэ узыншэ зэригъэгъуэтыжын хуейщ». Тхылъым и етIуанэ пэублэм Адыгеймрэ Бжьэдыгъукъалэ къегъэщIылIа Iэгъуэблагъэмрэ я муслъымэн IуэхущIапIэм зыкъыщытхуегъазэ: «Нэху» («Свет») газетым и щIэджыкIакIуэхэм я лъэIукIэ Адыгэ университетым и профессор Шумахуэ Мухьэмэд зэман-зэманкIэрэ а газетым къытрыригъэдзауэ щыта и тхыгъэхэр зы тхылъым щызэхуэтхьэсыжащ». Тхылъым и япэ Iыхьэм ислъам диным дунейпсо щIэныгъэм хэлъхьэныгъэу хуищIам щыгъуазэ зытщIыну Iэмал къыдет. ЕтIуанэм - тхакIуэм къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм щыщ щIэныгъэлIхэм я жыIэгъуэхэр къихьурэ, къыдгурегъаIуэ дунейм щытепщэ европей щIэныгъэр ипэжыпIэкIэ муслъымэн щIэныгъэлIхэм я фIыгъэкIэ зэрызэфIэувар, дунейр зэрызэхэлъым теухуауэ КъурIэн лъапIэм жиIэхэм щIэныгъэр зэрытеIэбэжар. Математикэм, физикэм, астрономием, химием, медицинэм, географием, криптографием (дамыгъэрытхэм) муслъымэн щIэныгъэлIхэм хэлъхьэныгъэ щащIа къудейуэкъым IэщIагъэлIыр зэрытепсэлъыхьыр, атIэ пщIэ зиIэ тхакIуэхэм къызэранэкIа Iуэху еплъыкIэр утыку къищIурэ, ди фIэщ ещI «европей цивилизацэ» жыхуаIэр ипэжыпIэкIэ япэу хьэрыпыбзэкIэ зэрадзэкIа алыдж тхыгъэхэм кърахыжауэ зэрыщытым. «Муслъымэн къэхутэныгъэхэм, муслъымэн гупсысэкIэм, муслъымэнхэм я тхыгъэхэм нэгъэсауэ щыгъуазэ зыпщIа нэужьщ къыщыбгурыIуэр, - игу къегъэкIыж тхакIуэм Британием щыщ бзэ щIэныгъэлI Уотт Уонтгомери и псалъэхэр, - муслъымэнхэм нэмыщIамэ, европей щIэныгъэми философиеми заужьыну Iэмал зэрыщымыIар. Муслъымэнхэм алыджхэм я щIэныгъэм щыгъуазэ дащIа къудейкъым, - езыхэми ар зыгурагъаIуэри, хэлъхьэныгъэшхуэ хуащIу адэкIэ зрагъэужьащ». Шумахуэм къехь «Хьэрып цивилизацэм и тхыдэ» лэжьыгъэр зи IэдакъэщIэкI Лебон Гюстав и тхылъым щыщ Iыхьэ. Гюстав шэч къытрихьэркъым жорзехьэхэм муслъымэнхэм драгъэкIуэкIа зауэхэм я фIыгъэкIэ Европэм зэрызиужьам: «Жорзехьэхэм я зекIуэхэм тепсэлъыхь тхыдэ Iыхьэм дегъэлъагъу чыристан диным ита Европэр щэныфIагъ и лъэныкъуэкIэ КъуэкIыпIэ муслъымэнхэм ялъэщIыхьэу зэрыщымытар. Дигу къэдвгъэгъэкIыж Тхьэр зи фIэщ хъу щIэныгъэлI Сент-Хилер КъурIэным теухуауэ жиIар: «Хьэрыпхэмрэ абыхэм ядэплъейхэмрэ епсалъэурэщ Курыт лIэщIыгъуэхэм щыпсэуа ди сеньорхэм я пхъашагъыр зэрызыханар, лIыгъэ зимымащIэ уэркъ щауэхэми цIыхум нэхъ хуэфащэ гурыщIэхэр, щабагъыр, щэн дахэхэр зэрызыхалъхьар. Щыуагъэщ чыристаныгъэм и закъуэ ахэр апхуэдэу цIыхуфI ищIауэ плъытэныр». Тхылъым и япэ Iыхьэм Iэмал къыдет, псалъэм папщIэ, дэтхэнэ зыри зэсэжа математикэм щызекIуэ бжыгъэхэр хьэрып щIэныгъэлIхэм я жэрдэмкIэ къызэрежьар къэтщIэну. ХьэрыпыбзэкIэ «щIыфыр» (мыхьэнэкIэ - «нэщI», «ноль») псалъэр франджыбзэми урысыбзэми Iэпхъуэри «шифр», «цифра» псалъэхэр къэхъуащ. Европейхэм япэщIыкIэ урым бжыгъэ нагъыщэхэр къагъэщхьэпэу щытащ. Ахэр тыншу къафIэщыртэкъыми, инд нагъыщэхэр зыкъомрэ къагъэсэбэпащ, иужькIэ хьэрып бжыгъэ нагъыщэхэм техьахэщ. Африкэ Ищхъэрэм щыпсэу муслъымэнхэм я деж щыхьэщIа урым дунеяплъэ Фибоначчи Ленардэ япэ дыдэ 1202 гъэм хьэрып цифрэхэр утыку кърихьауэ щытащ. Нэхъ щIэщыгъэу тхылъым ихуа Iыхьэу къэплъытэ хъунущ КъурIэн лъапIэм щIэныгъэм пщIэуэ хуищIыр зыхуэдизым тепсэлъыхь напэкIуэцIхэр. «610 гъэм Алыхьым и нэфIыр зыщыхуа ЛIыкIуэ лъапIэм япэу ДжэбрэIил мелыIычыр уэхьийуэ къыхуэкIуэри, ипэрей Iэятхэр къыхуихьауэ щытащ. Япэ унафэу Тхьэм къыбгъэдэкIар «къеджэ» псалъэращ. А япэ Iэятитхум я мыхьэнэр мыпхуэдэ щIыкIэу пхузэдзэкIынущ: «Къеджэ! Уи Тхьэу цIыхур лъы пцIам къыхэзыщIыкIам и цIэкIэ! Къеджэ!» - етх щIэныгъэлIым. Апхуэдэ дыдэу удехьэх «Мухьэммэд лIыкIуэ лъапIэм и суннэм щIэныгъэм щиIыгъ мыхьэнэр» пычыгъуэми. Абы къыщыхьа хьэдисхэм я зым дыкъыщоджэ: «Муслъымэну зыкъэзылъытэж дэтхэнэ зыми щIэныгъэ зэригъэгъуэтыныр и пщэрылъщ». «ЩIэныгъэ IуэхукIэ гъуэгу теувар и унэ къекIуэлIэжыху, Алыхьталэм и лъагъуэ тетщ». Тхылъым и гуэдзэным тхакIуэм и гугъу щещI муслъымэн диным щыгъуазэу щыта урыс усакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэм. Дауи, абыхэм япэ итыр хьэрып лъабжьэ зиIэ, абы къикIыр - езыр урысми, зи адэжьхэр муслъымэну щыта Пушкин Александрщ. КъурIэным франджыбзэкIэ еджа урыс усакIуэм ауэ усэ итхыу емыжьэжу, сурэ щхьэхуэхэр зэрыщытыххэу урыс усэбзэм къригъэзэгъащ. Ахэр тыншу къыщыбоцIыхуж «КъурIэным зыпысщIыжу» жыхуиIэ усэ Iэрамэм. Ауэ куэд щыгъуазэ къыщIэкIынкъым курыт еджапIэм щIэсхэр зрагъаджэ, усэкIэ тха «Евгений Онегин» романым хэмыхуа едзыгъуэ дахащэ КъурIэным теухуауэ Пушкиным и Iэрытххэм зэрыхэтым: Гупсысэ щхьэпэ куэд КъурIэным итщ. Мис, псалъэм папщIэ: гъуэлъыжыгъуэ хъуамэ, Нэмэзыр щIы, шейтIаным гъуэгу иумыт, ФIэлIыкI Алыхьым, делэм уемыдауэ.1 А псомкIэ жытIэну дызыхуейр Шумахуэ Мухьэмэд и тхылъыр зыIэрыхьэр зэрыщIемыгъуэжынуращи, зэрызыIэщIэвмыгъэкIынум фыхудогъэпIащIэ. 1В коране много мыслей здравых, Вот например: «Пред каждым сном Молись; беги путей лукавых, Чти Бога и не спорь с глупцом» ЧЭРИМ Марианнэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "243.txt" }
ЩIэныгъэм и лъагапIэ ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием и член-корреспондент, биологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, Урысей Федерацэм щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Тембот Аслъэнбий Къазий и къуэр (1932-2006) ящыщщ лъэпкъ щIэныгъэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIахэм. Кавказым и щIыуэпсыр нэхъуеиншэу зыджа къэхутакIуэм, зоологиемкIэ, экологиемкIэ, биогеографиемкIэ щIэныгъэ куу зыбгъэдэлъа IэщIагъэлI щыпкъэм бгылъэ щIыпIэхэм я экологиемкIэ къызэригъэпэща щIэныгъэ школыр ноби щэщIауэ, ехъулIэныгъэ лъагэхэр зыIэригъэхьэу мэлажьэ, Темботым иубзыхуа унэтIыныгъэхэм щIэныгъэ лъабжьэ быдэ зэраIэм щыхьэт техъуэу. Тембот Аслъэнбий I932 гъэм и щIышылэ мазэм къыщалъхуащ Дзэлыкъуэ районым хыхьэ Псынэдахэ адыгэ жылэм. Кавказ бгыхэм я Iэшэлъашэм щитIысыкIа къуажэм къыщыхъуа щIалэм игури и псэри дамыхьэхынкIэ Iэмал иIэтэкъым махуэ къэс илъагъу Iуащхьэ лъагэхэм я уардагъым, дахагъым. И сабиигъуэм ищIа а лъагъуныгъэр Аслъэнбий гъуэгугъэлъагъуэ хуэхъуащ и IэщIагъэр къыщыхихым. Псынэдахэ дэт курыт школыр ехъулIэныгъэкIэ къиуха нэужь, щIалэщIэр щIэтIысхьащ Налшык пединститутым икIи Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Кавказымрэ я щIыуэпсыр джыным яужь ихьащ. Еджэныр хъарзынэу зэфIэзыха Темботым мурад ищIащ бгъэдэлъ щIэныгъэм адэкIи хигъэхъуэну икIи 1954 гъэм щIэтIысхьащ Крупскэм и цIэр зэрихьэу Москва дэт педагогикэ институтым и аспирантурэм. Совет зоолог, териолог цIэрыIуэ, профессор Кузякин Александр и унафэм щIэту «Зоологие» унэтIыныгъэмкIэ къэхутэныгъэ купщIафIэхэр иригъэкIуэкIащ Аслъэнбий. Абыхэм апхуэдизу дахьэхати, лэжьыгъэхэр зэфIихащ и пIалъэр къэмысу икIи ахэр и лъабжьэу кандидат диссертацэ итхащ, ехъулIэныгъэ иIэуи ар пхигъэкIащ. Аспирантрэ докторанту щIэныгъэм и гъуэгум куэд тезыгъэува Кузякиным гукъинэ щыхъуат адыгэ щIалэм щыдэлэжьа зэманыр. Абы зэрыжиIэжымкIэ, Темботым удэлэжьэну тыншт икIи гъэщIэгъуэнт. «Адыгэ щIалэ гурыхуэм гупсысэщIэхэр и куэдти, къэхутэныгъэхэр къэтпщытэжу дыщызэбгъэдэсхэм деж ахэр утыку кърилъхьэрт, - игу къигъэкIыжырт профессорым. – ЖыпIэнурамэ, Аслъэнбий и псалъэхэм хэплъагъуэрт абы творческэ зэчий, ерыщагъ зэрыбгъэдэлъыр». Еджэныр зэфIэзыгъэкIа щIэныгъэлI щIалэм Къэбэрдей-Балъкъэрым къигъэзэжащ, и щIэныгъэр щалъхуа щIыналъэм и зыужьыныгъэм ирихьэлIэмэ, нэхъ къищтэу. КъБКъУ-м и биологие факультетым лэжьапIэ ирагъэблэгъащ Аслъэнбий, зоологиемкIэ абы и кафедрэм и ассистенту. «Къулыкъу дэкIуеипIэкIэ» зэджэ лъагапIэм и щыгум нэсащ Темботыр, пщIэрэ щIыхьрэ иIэу. Ассистенту лэжьэн щIэзыдза IэщIагъэлIыр щIэныгъэхэм я доктор, кафедрэм и унафэщI, профессор, ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием (РАН) и член-корреспондент хъуащ. Апхуэдэ ехъулIэныгъэхэр абы зыIэригъэхьащ бгъэдэлъ акъыл куум, гупсысэ шэщIам, зэфIэкI лъагэхэм я фIыгъэкIэ. Зоолог, эколог, биогеограф цIэрыIуэм и гъащIэр триухуащ бгылъэ щIыпIэ лъагэхэм я экологиер, щекIуэкI гъащIэр къэхутэным, джыным. РАН-м хэту Темботым къызэригъэпэщащ зи унафэщI хъуа щIэныгъэ IуэхущIапIэр – Бгылъэ щIыналъэхэм я институтыр. АбыкIэ абы игъэтIылъащ лъэпкъ щIэныгъэм и унэтIыныгъэщIэм, «бгыхэм я экологиекIэ» зэджэм, и лъабжьэр. Ар Аслъэнбий къыщиугъуеящ экологие, зоологие, биогеографие щIэныгъэхэм я зэпылъыпIэм. Институтыр къызэIухыным Темботыр иужь щихьа лъэхъэнэр хуабжьу зэман гугъут ди къэралым дежкIэ. 1994 гъэм и кIэхэрати, апхуэдэ гупсысэр гъащIэм хэпща хъуным мылъку куэд текIуэдэнут. Ауэ щыхъукIи, ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием фIэкъабылт институтыр къызэIуахыныр. АбыкIэ хуитыныгъэ кърата нэужьи, тынш хъуакъым къызэгъэпэщакIуэм и Iуэхур. Аслъэнбий куэд щIауэ республикэм щылажьэ пэтми, щIэныгъэ лэжьакIуэхэр зэхуишэсынми гугъу дехьащ. IуэхущIапIэр ЩIэныгъэ IэщIагъэлIкIэ къызэрагъэпэща нэужь, лабораторие нэхъыщхьэхэр 1995 гъэм къызэIуахащ. ИужькIэ абыхэм я бжыгъэм хэхъуащ, щIэныгъэрылажьэхэри и мымащIэу. Темботым къызэригъэпэща институтыр экосистемэм и унэтIыныгъэ псоми йолэжь, бгылъэ щIыпIэхэм я экологие ухуэкIэ псори къызэрызэщIиубыдэным иужь иту. ЩIэныгъэм и дунейм гъуэгу бгъуфIэ щыпхызыша Тембот Аслъэнбий иригъэжьа лэжьыгъэм нобэ пещэ абы ипхъу ФатIимэ. Биологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием и Къэбэрдей-Балъкъэр центрым Бгылъэ щIыпIэхэм я экологиемкIэ и институтым и унафэщIщ ар. И адэ цIэрыIуэ Аслъэнбий и щапхъэр пасэу гъуазэ хуэхъуащ ФатIимэ. Налшык къалэ дэт 2-нэ лицейр къиуха нэужь, КъБКъУ-м химиемрэ биологиемкIэ и факультетым щеджащ ФатIимэ, диплом плъыжькIи къиухащ. ЕплIанэ курсым щынэсым, и адэм и чэнджэщкIэ, заочнэ зригъэщIри, лэжьэн щIидзащ. КъБКъУ-м общэ биологиемкIэ и кафедрэм бгылъэ экологиемкIэ и лабораторэрщ ар япэу здэувар. IэнатIэм зэрыпэрытым хуэдэурэ Псэущхьэхэмрэ къэкIыгъэхэмрэ я экологиемкIэ институту Свердловск дэтым аспирантурэр къыщиухащ, занщIэуи кандидат лэжьыгъэр пхигъэкIащ. Петрозаводск дэт къэрал университетым доктор диссертацэр I999 гъэм щыпхигъэкIащ. Зыпэрыт IэнатIэ нэхъыщхьэм къыдэкIуэу Адыгей къэрал университетым Псэущхьэхэмрэ цIыхухэмрэ я физиологиемкIэ и кафедрэм щрегъаджэ ФатIимэ. 3-4-нэ курсхэм лекцэ къахуоджэ, практикэ лэжьыгъэ ядрегъэкIуэкI. А псори къызыхуэтыншэу къызэрегъэпэщри, и пщэ къыдэхуэ сыт хуэдэ къалэнми полъэщ щIэныгъэхэм я доктор, профессор бзылъхугъэр. ГъащIэм куууэ кIуэцIрыплъыф ФатIимэ и адэм и гуащIэр зыхищIэу, абы къыхуигъэна IэнатIэр иригъэфIакIуэу хьэлэлу мэлажьэ. ЛIэщIыгъуэ блэкIам къигъэщIа щIэныгъэлI щыпкъэхэм я нэхъыфIхэм халъытэ, Кавказыр джыным зи къарурэ зэфIэкIрэ хьэлэлу езыхьэлIа Тембот Аслъэнбии абы ипхъу ФатIими я гуащIэмрэ акъылымрэ къахьа къэхутэныгъэхэр лъэпкъ щIэныгъэм и лъапIэныгъэщ. ЖЫЛАСЭ Маритэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2430.txt" }
«Спартак-Налшыкыр» Псыхуабэ щынэхъ лъэщащ ФокIадэм и 4-м «Спартак-Налшыкыр» Псыхуабэ къалэм щыIущIащ щIыпIэ «Мэшыкъуэ-КМВ»-м икIи 2:I-уэ хигъэщIащ. ЗэпэщIэтыныгъэр гупхэм хуэсакъыпэурэ къыщIадзащ – дэтхэнэми къыгурыIуэрт щыуагъэ яIэщIэкIмэ адэкIэ гъэзэкIуэжыным гугъуехьышхуи зэмани зэрытекIуэдэнур. Джэгум и нэхъыбэр щекIуэкIыр губгъуэм икурт. Абы щыгъуэми Iэмал къахукъуэкIмэ, ебгъэрыкIуэныгъэ къызэрагъэпэщырт. Апхуэдэхэм ящыщ зым топыр къыIэрыхьэри хэгъэрейхэм я гъуэмкIэ иунэтIащ Ашуевым. Гъуащхьэхъумэхэм яIэщIэкIри налшыкдэсхэм я гъуащхьауэр зэуа топым Гиголаевм угловойм игъакIуэу фIэкIа къыхуегъэгъэзакъым. Ар къыхитэну бгъэдыхьащ «Спартак-Налшыкым» къэзыгъэзэжагъащIэ Бажэ Амир. Абы къыхита топым зыри лъэIэсакъым икIи занщIэу «Мэшыкъуэ-КМВ»-м и гъуэм дыхьащ. Иджыри къэс зэи къыхамыгъэщIа хэгъэрейхэр апхуэдэ бжыгъэм зыкIи арэзы къищIыртэкъми, щытыкIэр ягъэзэкIуэжыну яужь ихьащ. Ди щIалэхэр абы хуэхьэзырти, гупым и нэхъыбэм я лъэныкъуэмкIэ зыщагъэбыдат. АрщхьэкIэ, эIущIэм и япэ Iыхьэм и кIэух дыдэ дакъикъэм «Мэшыкъуэ-КМВ»-м и кIэн къикIыным зымащIэщ иIэжар. «Спартак-Налшыкым» и лъэныкъуэмкIэ къыщыхата угловойм иужькIэ топыр футболист зыбжанэм къагъэлъеижри Гагиты къыIэрыхьащ. Антиповым и гъуэм хуэзанщIэу иужьрейр еуащ, ауэ тэмэму темыхуэу топыр нэгъуэщIыпIэкIэ лъэтащ. Хэгъэрейхэм ерыщу икIи къаруушхуэкIэ ебгъэрыкIэ хъуащ загъэпсэхуу къихьэжа нэужькIэ. 47-нэ дакъикъэр екIуэкIыу «Мэшыкъуэ-КМВ»-м и гъуащхьауэхэм я ебгъэрыкIуэныгъэр хабзэм къемызэгъыу штрафнойм иту къызэпиудащ Шумахуэ Идар – пенальти! Метр II-м и деж Дулаевыр зэуа топым ди гъуащхьэтет Антипов Антон къыхуегъэгъэзакъым. ЗэIущIэм и бжыгъэр зэхуэдэ зэрыхъужам хэгъэрейхэми къаруущIэ къахилъхьэжащ. Налшыкдэсхэми текIуэныгъэр яIэщIэкIынкIэ шынагъуэ зэрыщыIэр къагурыIуэри нэхъ жыджэр къэхъуащ. Апхуэдэ зэпэщIэтыныгъэ гуащIэм хэту топыр къызыIэрыхьа Багъэтырыр хабзэм къемызэгъыу игъэджэлащ Гагиты. ЗэпэщIэтыныгъэм къриубыдэу етIуанэ дагъуэ къызыхуащIа хэгъэрейхэм я гъуащхьэхъумэр судьям джэгум къыхихуащ. «Мэшыкъуэ-КМВ»-м и джэгукIэри нэгъуэщI щытыкIэу зэтриубылэн хуей хъуащ, зы цIыхукIэ нэхъ мащIэу къызэрынам къыхэкIыу. «Спартак-Налшыкми» зэIущIэр зэрыхуейм хуэдэу адэкIэ иригъэкIуэкIыу щIидзащ, щIэх-щIэхыурэ ебгъэрыкIуэныгъэ шынагъуэхэр къызэригъэпэщу. ЕтIуанэ Iыхьэм и ныкъуэр блэкIа къудейуэ ди щIалэхэм пенальти къыщыхудагъэкIа щытыкIэм къытригъэзэжащ, ауэ иджы штрафнойм щраудар Шумахуэ Идарт. Изыудаури нэхъапэкIэ бжыгъэр зэхуэдэ зыщIыжа Дулаевырат. 7I-нэ дакъикъэм пенальтир Iэзэу игъэзэщIащ Ашуевым икIи «Спартак-Налшыкым» текIуэныгъэ къыхуэзыхьа, «Мэшыкъуэ-КМВ»-р мы зэхьэзэхуэм япэу зэрыхагъэщIа топыр дигъэкIащ. Мэхъэчкъалэ и «Анжи»-м зэпеуэм бжьыпэр зэрыщиIыгъщ. Ебланэ джэгугъуэм бжыгъэшхуэкIэ 5:2-уэ Таганрог и «Форте»-р хигъащIэри Дон Iус Ростов и СКА-р турнир таблицэм и ещанэ увыпIэм зыщигъэбыдащ. Абыхэм я зэхуаку къыдэхутащ Песчанокопскэм и «Чайка»-р. Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым фокIадэм и 8-м щыIэну къыкIэлъыкIуэ джэгугъуэм «Спартак-Налшыкыр» хэтынукъым. Жыласэ Замир.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2431.txt" }
Нэрымылъагъу дуней Курыт еджапIэр къэзыухахэм я деж къыщыщIэдзауэ, цIыху щыIэу къыхэкIынкъым, микроскопыр зищIысыр зымыщIэ икIи щIыуэпсым къигъэщI пкъыгъуэ нэрымылъагъухэр къэхутэнымкIэ, ахэр джынымкIэ абы иIэ мыхьэнэр зыхуэдизым щымыгъуазэ. Тхыдэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, микроскопыр япэ дыдэу дунейм къытезыгъэхьар Левенгук Антонийщ. Ар Голландием XVIII-нэ лIэщIыгъуэм щыпсэуащ. И щIэныгъэм хигъэхъуэну хущIыхьэгъуэ зымыгъуэт щIалэм махуэкIэрэ щэкI ищэрт, жэщ хъуамэ къалэ ратушэр ихъумэрт. А псоми къащыдэхуэм абдж зэхуихьэсырти, ахэр ихъуэрт, нэрымылъагъу пкъыгъуэ цIыкIу дыдэхэр хуиту уагъэлъагъухукIэ. Апхуэдэ щIыкIэм тету Антоний игъэхьэзыра абджхэр, зы зэман зэ, и акъыл абы зэрыхунэсар уэ къащIэ, бжьамий кIэщI цIыкIу гуэрым иригъэзагъэри, шэдыпс жэбзам щыщ ткIуэпс закъуэ и щIыIу телъ абджым тригъэткIуащ. Абы хэту бжьамийм здиплъэм, зэуэ къэуIэбжьащ: псы ткIуэпсым псэущхьэ цIыкIужьей куэдыкIей щызэрызехьэрт. Абдеж щыщIидзэри, Левенгук нэгъуэщI Iуэху зэрихуэжакъым. ЩIалэ гумызагъэм и микроскопым пкъыгъуэ нэрымылъагъухэм я инагъыр зэрыхигъахъуэр 250-рэ хуэдизт. Нобэрей микроскопхэм яхэтщ пкъыгъуэ цIыкIур минищэ IэджэкIэ, уеблэмэ мелуан куэдкIэ нэхъ ину уэзыгъэлъагъу. ЦIыху «къызэрыгуэкIыу» къэгъуэгурыкIуа щIалэм, и гуи и щхьи къэмыкIыххэу, пкъыгъуэ цIыкIужьейхэр къэхутэным и лъабжьэр игъэтIылъащ. Апхуэдэ щIыкIэм тету абы и цIэр тхыдэм къыхэнащ. Левенгук и микроскопымкIэ илъэгъуахэр, иужькIэ къызэрахутамкIэ, дэни щопсэу. Псалъэм папщIэ, ахэр хэсщ ерыскъыхэм, Iэпкълъэпкъхэм, щIыфэхэм, нэгъуэщIхэми. Псыежэххэм, бзухэм, жьыбгъэхэм нэрымылъагъу цIыкIухэр тынш дыдэу щIыпIэ жыжьэхэм къыщагъэхутэ. Ахэр хуабэми щышынэркъым, абы къыхэкIкIэ зи температурэр градуси I00-м нэмысыпа дэтхэнэ пкъыгъуэми хуиту щопсэуф, уаеми зэфIигъащIэркъым. Апхуэдиз зи бэшэчагъ нэрымылъагъу цIыкIухэм куэдыкIейуэ уащрохьэлIэ Ищхъэрэ Мылылъэ хыми, Антарктидэм и мылджейхэми, нэгъуэщI щIыIалъэ щIыпIэхэми. Хьэлъагъэшхуэ къатещIэми кърадзэнукъым: абыхэм уащыхуэзэнущ километри 10-15 зи кууагъ щIы щIагъми. Нэрымылъагъу цIыкIухэр я теплъэкIи, шхыныгъуэхэм «халъхьэ» IэфIагъ-дыджагъкIи, щIыуэпсым щагъэзащIэ мыхьэнэкIи зэхуэмыдэхэщ. Зи гугъу тщIы нэрымылъагъухэм зэреджэр «микробщ». IыхьитIу зэхэлъ алыдж псалъэм и япэ Iыхьэм «мащIэ», «цIыкIу», етIуанэм – «гъащIэ» мыхьэнэхэращ къарыкIыр. Языныкъуэ еджагъэшхуэхэм микробхэр псэущхьэхэм халъытэ, адрейхэм я дежкIэ ахэр къэкIыгъэщ. ЦIыхухэм я нэхъыбэм микробхэр къазырыщыхъур уззехьэущ – емынэ, тало, дефтерит, фэгъазэ жыпIэми, зыкъом мэхъу ахэр. Ауэ апхуэдэ Iуэху еплъыкIэм укъыфIэмыкIыныр щыуагъэшхуэщ: уззехьэхэр куэдкIэ нэхъ мащIэщ, сэбэпынагъ къэзышэхэм нэхърэ. Куэд щIакъым щIыдагъэ зышх микробхэм я лъэужь зэрытехьэрэ. ЗэрыжаIэмкIэ, абыхэм я фIыгъэщ хышхуэхэм я псыр зыуцIэпI щIыдагъэр кIуэ пэтми нэхъ мащIэ зэрыхъур икIи, абы къыхэкIкIэ, щIэныгъэлIхэм шэч къытрахьэркъым дунейпсо хыр гъэкъэбзэнымкIэ микробхэр сэбэпышхуэ зэрыхъум. Илъэс щищ ипэкIэ Испанием пцIыйм (руда) гъуаплъэ къыщыхахыу щытащ, мафIи Iугъуи къамыгъэсэбэпрэ псы къудей фIэкIа хамыгъэхьэу. А зэманым псэуа испанхэм я щхьэ къихьэххэртэкъым, ар зи фIыгъэр псым хэзу хэс микробхэр арауэ зэрыщытыр. ЩIыгулъыр гъэпшэрыным хуэгъэза лэжьыгъэшхуэ щIы щхьэфэм щылащэ микробхэм ирагъэкIуэкI. Абыхэм я гуащIэкIэщ шэдылъэхэмрэ гуэлхэмрэ я лъащIэхэм къыщIагъуатэ гъущI пцIыйр зэтещIа зэрыхъури. Нэрымылъагъу пкъыгъуэхэм я «IэдакъэщIэкI» гъущI пцIыйм апхуэдэу нэгъуэщI щIыпIэхэми уащрохьэлIэ. Шахтыпсхэр пцIыйм хаутIыпщхьэкIэрэ, щIэныгъэлIхэм, микробхэм я фIыгъэкIэ, гъуаплъэ къабзэ зыIэрагъэхьащ. Апхуэдэ лэжьыгъэ щхьэпэм яхуеувэлIа нэрымылъагъу цIыкIужьейхэм, сэмэркъо щIыкIэу, «металлург» - кIэ йоджэ. Ахэр нэхъыбэу щылъащэр пцIый нэдхэмрэ пыдзахуэхэмрэщ. ГъэщIэгъуэныщэр аращи, микробхэм яхэтщ пцIыйм уран къыхэзыулъэпхъэщыкIхэри. Абы гу лъызыта щIэныгъэлIхэм я мурадщ пцIыйхэм марганец, молибден хуэдэ пкъыгъуэхэр къахэзыхыф нэрымылъагъу «IэщIагъэлIхэр» ягъэхьэзырыну. ТАБЫХЪУ Хьэзрит.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2432.txt" }
Iуэху зехьэкIэхэмкIэ зэдогуашэ УФ-м и Президентым и жэрдэмкIэ 20I5 гъэм Сочи къалэм къыщызэIуахауэ щыта «Сириус» егъэджэныгъэ центрыр зиужьу, ехъулIэныгъэфIхэр зэригъэгъуэту мэлажьэ. «Талантымрэ ехъулIэныгъэмрэ» фондым игъэлажьэ а IуэхущIапIэм щекIуэкI лэжьыгъэхэр хуэунэтIащ сабий зэчиифIэхэм ябгъэдэлъ зэфIэкIхэм адэкIи зегъэужьыным, щIэныгъэфI зрагъэгъуэтынымкIэ дэIэпыкъуэгъу яхуэхъуным. Илъэс еханэ хъуауэ лажьэ центрым Iуэху зехьэкIэфIхэр щыщыIэщ икIи абы и лъэныкъуэкIэ бгъэдэлъ къулеягъымкIэ ядэгуэшэфынущ къэралым и курыт школхэм. «Сириус»-м и унафэщI Шмелёвэ Еленэ зэрыжиIэмкIэ, IуэхущIапIэр хьэзырщ и Iуэху зехьэкIэ пашэхэм нэгъуэщI еджапIэхэм зыщригъэужьыну. Апхуэдэ жэрдэмыр диIыгъыу, УФ-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэм зэхигъэуващ федеральнэ программэ щхьэхуэ. Абы ипкъ иткIэ къэралым щылажьэ курыт школ псоми зыщебгъэубгъуфынущ нэхъ еджапIэ пэрытхэм лэжьыгъэр къызэрыщызэрагъэпэщ мардэхэм. «Сириус»-м и къудамэхэр мы зэманым къыщызэIуах УФ-м хыхьэ щIыналъэ куэдым. Апхуэдэ IуэхущIапIэхэм ящыщ, къапщтэмэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щылажьэ «ДыгъафIэ къалэм» къыщызэIуаха «Антарес» щIыналъэ егъэджэныгъэ центрыр. IуэхущIапIэм илъэсым хуэзэу ныбжьыщIэ миным нэсым щадолажьэ. «ЩIэныгъэ», «Гъуазджэ», «Спорт», нэгъуэщI унэтIыныгъэхэмкIи сабийхэм зыщрагъэужь «Антарес»-м щIэх-щIэхыурэ щызэхашэ щIэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ еджэныгъэхэр, курсхэр, зэпеуэхэр. Сабий зэчиифIэхэм зэрадэлэжьапхъэ программэ хэхахэм тету къызэгъэпэщащ а Iуэхухэм яфIэфIу хэтщ ди республикэм и курыт школ зэмылIэужьыгъуэхэм я еджакIуэхэр. - Ди егъэджэныгъэ центрым мы зэманым щедгъэкIуэкI лэжьыгъэхэм ящыщ куэдкIэ къыддэгуэшащ «Сириус»-р. А IуэхущIапIэм Интернетым щиIэ плIанэпэм IэмалыфIхэр къыдет курс зэмылIэужьыгъуэхэр зэпыIудзауэ едгъэкIуэкIыну, ди дерсхэр егъэджакIуэ цIэрыIуэхэм тхурагъэкIуэкIыну, - жеIэ «Антарес»-м и пашэ Джаппуевэ Тамарэ. – Апхуэдэ щIыкIэхэм тету къызэдогъэпэщ икIи идогъэкIуэкI урысейпсо олимпиадэхэри. ЖЫЛАСЭ Маритэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2433.txt" }
Режиссер IэкIуэлъакIуэхэр Режиссер пщэрылъ гугъум хуэIэкIуэлъакIуэ, зи лэжьыгъэм фIыуэ хэзыщIыкI IэщIагъэлIхэр щыIащ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым. Апхуэдэщ спектакль куэд лъэпкъ театрым и сценэм щызыгъэувахэу, актерхэм я гъуэгугъэлъагъуэ пажэхэу, зи IэдакъэщIэкI купщIафIэхэмкIэ зыдэлэжьахэми гъуазджэм и лэжьакIуэхэми я гум къинахэу, театрым и режиссер нэхъыщхьэу илъэс зыбжанэкIэ лэжьахэу Ерчэн Леонидрэ Теувэж СулътIанрэ. Къыхэгъэщыпхъэщ ахэр щылэжьар ди лъэпкъ театрым зэримызакъуэр. Зэман зэхуэмыдэхэм ахэр Музыкэ, Урыс театрхэми щыIащ, зэми режиссер нэхъыщхьэу, зэми ирагъэблэгъа IэщIагъэлIу. Теувэж СулътIан мызэ-мытIэ къызжиIауэ щытауэ си гум илъщ ар зи фIыщIэр а зэманым КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министру лэжьа Ефэнды Джылахъстэну къызэрилъытэр (и фIыщIэр бгъэкIуэдынкIэ Iэмал иIэкъым). Абы я Iуэхухэр ядиIыгъырт, зэфIэкI зэраIэр, я IэщIагъэм зэрыхуэIэижьыр ищIэрти. УФ-м и цIыхубэ артист Ерчэн Леонидрэ УФ-м, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, Къэрал саугъэтым и лауреат Теувэж СулътIанрэ театрхэм зэблэхъуу зэрыщылажьэм къыдэкIуэу, зы спектаклыр театритIми зэгъусэу щагъэувырт. ТIуми кIуэурэ спектаклыр адыгэбзэкIи урысыбзэкIи зэзыгъэлъагъухэр гъунэжт. Апхуэдэу, псалъэм папщIэ, «Рядовые», «Тринадцатый председатель» спектаклхэр адыгэ театрым Ерчэным щигъэуват, ар дыдэхэр Урыс театрым и сценэм Теувэж СулътIан кърихьат. Оперэ режиссер IэщIагъэ зиIэ Ерчэн Леонидщ япэ дыдэ лъэпкъ оперэр, Балэ Мухьэдинрэ Къардэн Хьэсэнрэ макъамэр зыхуатха «Мадинэр» (либреттэр ХьэхъупащIэ Хьэжбэчыр ейщ), Музыкэ театрым щызыгъэувар. А утыкум хуигъэхьэзырат Безе и «Искатели жумчуга» спектаклыр, нэгъуэщIхэри. Урыс театрым Толстой Лев и «Власть тьмы», Адыгэ театрым Вишневскэм и «Оптимистическэ трагедиер» гуимыхужу щигъэуват. Теувэж СулътIан ЩоджэнцIыкIум и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей драмэ театрым япэ дыдэу щигъэуващ IутIыж Борис и «Тыргъэтауэм» къытращIыкIа спектаклыр. Къапщтэмэ, IутIыжым и пьесэ нэхъыбэ дыдэ зыгъэувар СулътIанщ. Абы и щыхьэтщ «Эдип»-р, Теувэжым щригъаджэ ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым и студентхэм ядигъэува «Хьэцацэ дахэ»-р (иужькIэ театрми щагъэлъэгъуат), IутIыжыр дунейм ехыжа иужь, абы и фэеплъу Урыс драмэ театрым «Эдип»-р зэрыщигъэувыжар, нэгъуэщIхэри. Музыкэ театрым и репертуарым илъэс куэд дыдэ хъуауэ хэтщ Теувэжым игъэува «Летучая мышь», «Ханума», «Фиалка Монмартра» спектаклхэр. Теувэж СулътIан и IэдакъэщIэкIщ Айтматов Чингиз, Каитов СулътIан, Чэпай Мурат сымэ я тхыгъэхэм къытращIыкIа «Материнское поле», «Анэм игу», «КъулыкъущIэкъухэр» спектаклхэр. Теувэж СулътIан лъэпкъ театрым хуищIа IуэхуфIхэм, шэч хэмылъу, хэббжэ хъунущ Адыгей Республикэм и театрым ирагъэблагъэу абы щигъэувауэ щыта спектаклхэр: Нало Заур и «Хьэбалэ и пхъэ гуащэ»-мрэ IутIыж Борис и «Жьэмыгъуэ Африкэм»-мрэ. Мы тхыгъэ кIэщIым зи гугъу щытщI режиссеритIми куэд дыдэ яхужыпIэфынущ, я лэжьыгъэм, я гуащIэм, яхузэфIэкIам теухуауэ. Нэхъыщхьэращи, цIыху хэтыкIэ екIу зиIэ, гуащIафIэу зи Iуэхум пэрыта IэщIагъэлIхэр, абыхэм я лэжьыгъэхэр цIыхухэм ящIэж. Абыхэм я лэжьыгъэхэр ди театрхэм пкъы яхуэхъуащ. Ерчэн Леонид Теувэж СулътIан ИСТЭПАН Залинэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2434.txt" }
ГъущIо зэщхьэгъусэхэр Залымрэ Сюзаннэрэ «Кабардинка»-м и къэфакIуэ пажэхэм ящыщщ. Сюзаннэ къэфакIуэ гупым 2006 гъэм щегъэжьауэ хэтщ, ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ институтым актёру щеджа иужькIэ а IэщIагъэм къигъэув Iуэхугъуэ гуэрхэр хузэфIэмыкIыну къыщилъытэм, хореографиемкIэ иунэтIыжащ. ИкIи хущIегъуэжакъым. Сюзаннэ жеIэ «Кабардинка»-м щылэжьэну щIэхъуэпсми а и хъуэпсапIэм щышынэжу зэрыщытар, ар узылъэмыIэсын лъагапIэ гуэру къыщыхъуу. Сэ си ныбжь зыри хэттэкъым ансамблым икIи зэрынэхъыжьхэм я мызакъуэу, псори къэфакIуэ цIэрыIуэ защIэт. Абыхэм елъытауэ сыхэтыт сэ?! «Балкария» ансамблым сыкъащтэну хьэзырт, ауэ сызыщIэхъуэпсыр «Кабардинка»-рати, сытегушхуащ. ИкIи зы махуи сыхущIегъуэжакъым. Пэжщ, псори дызэрыхуейм хуэдэу хъуркъым, ауэ «гум фIэIэфIыр псэм фIэдахэщ». Сюзаннэ жеIэ ансамблым хэтхэр къызэрымыкIуэу зэрызэрыIыгъыр, зым адрейм зыщIегъакъуэ, хуей хъумэ, и Iуэху дегъэкI. - Зы махуэ укъэмыкIуамэ, псори зэрызэ къыпщIэупщIэнущ, яхузэфIэкIымкIэ дэтхэнэри къыбдэIэпыкъуну хьэзыру. Ар уи гуапэ мыхъуу къанэркъым. ГъущIохэ я унэгуащэм и псалъэмакъым къыхигъэщащ зэщхьэгъусэхэм я зэгурыIуэми, я зэхущытыкIэ дахэми я лъабжьэр ахэр зы Iуэху зэрыхэтым и фIыгъэу къызэрилъытэр. - «Кабардинка»-р сэркIэ лэжьапIэ къудейкъым. Абы къарууэ хэтлъхьэр къыпхуэлъытэну къыщIэкIынкъым, ауэ нэхъыбэжкIэ езы IэщIагъэри къыдотэж. Арагъэнщ зи гугъу сщIа гугъуехьхэм дапэлъэщу дыкъыщIекIуэкIри. Мы IэщIагъэм, гупым си гъащIэр зэрагъэбеяр хьэкъщ, ахэр симыIэу си нэгу къысхущIэгъэхьэркъым. IэщIагъэ псоми хуэдэу, дыдейми фIыри Iейри хэлъщ. Ауэ сэ нэхъыбэу гу зылъыстэр фIыращ. ЩIэх-щIэхыурэ дызэрежьэм къыхэкIыу ди быным къытхуаIэ щытыкIэри нэгъуэщIщ, адрей унагъуэхэм елъытауэ. Унэм дызэрыдэс зэман мащIэм дэ а цIыкIухэм гулъытэ нэхъыбэу зэреттыным яужь дитщ, дакъикъэ къэс къызэрыдгъэсэбэпыным дыхущIокъу. Апхуэдэ унагъуэхэм къихъуэ щIэблэр нэхъ гумащIэу, я щхьэ Iуэху нэхъ дагъэкIыжыфу къэтэджу гу лъыстащ. ХъыджэбзитI диIэщи, зэкIэ тIури къафэм дихьэхыркъым. Пэжщ, сэ абыхэм сащIэрыIэурэ утыкум изгъэхьэнукъым, ауэ къэфэну гукъыдэж яIэми, япэзбудынукъым унагъуэ ихьэху, адэкIэ абыхэм ди унафэ яхэлъыжкъым. - Илъэс 19 сыхъуху сыкъэфакъым. Си шыпхъур «Шэджэм» ансамблым хэтти, пщыхьэщхьэм ахэр къэсшэжыну сыкIуауэ, ахэр зыгъасэ КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Куэшей Алик сригъэблэгъэри, зэ-тIо фIэкIа сымыкIуэу, шхэпсым хуэдэу сызэщIишхэри, иужькIэ къысхуэгъэнэжакъым, - къыхохьэ псалъэмакъым Залым. - ГъуазджэхэмкIэ интситутым хореографиемкIэ и къудамэр къызэрызэIуахрэ илъэс фIэкIа мыхъуу сыщIэтIысхьат. Япэ курсым Атэбий Игорь дыщригъаджэти тIэкIурэ къыскIэлъыплъа иужь, ансамблым сригъэблэгъауэ щытащ. Апхуэдиз илъэс бжыгъэкIэ утыкум итахэм тыншу сахэпшэхъуащ, сценэм дыщитым деж я кум сыдаубыдэрти сагъэлъагъурт. Ауэ ди лэжьыгъэм щынэхъыщхьэращи, гугъуехьым ущымышынэу улэжьэн хуейщ. Апхуэдэущ къэфакIуэ нэс къызэрыпхэкIынур, армыхъумэ зэфIэкIым я нэхъ иныр ббгъэдэлъми мыхьэнэ иIэкъым. «Къаплъэ нэхърэ, къиплъ» жеIэ адыгэм. Сыхуейт ди гупыр нэхъ гъунэгъуу фэзгъэцIыхуну. ЖаIэкIэ уи фIэщ хъункъым ди зэрыIыгъыкIэр, уеблэмэ зы унагъуэ исхэр апхуэдэу щызэхуэмыгуапэ щыIэщ. Гъуэгуращ цIыхур къыщыпцIыхур, апхуэдиз зекIуэм яужькIэ схужыIэнущ ансамблым хэтхэм укъызэрамыгъэщIэхъунур. ЩIакхъуэ Iыхьэ нэхъ дымыIыгъми, ар зэхуэдэу зытыдогуашэ, цIыху щхьэхуэм и гуфIэгъуэри и гуауэри апхуэдэ дыдэу зэдыдогуэш. Зэгуэрым Италием дыкIуэрт. МахуитхукIэ гъуэгу дытетауэ гъуэмылэу тIыгъыр къытIэщIэухат. Зыгуэрым ягъавэ суп цIыкIум хуэдэ къигъуэтыжати, ар дгъавэри ансамблыр зэрыщыту дыхэшхыкIауэ щытащ. Мис апхуэдэ гъэунэхупIэ куэд дихуащ «Кабардинка» - унагъуэр. Ди адэ-анэм дыкъамыцIыхункIэ хъунущ дэ мы гупым дыкъызэрыщащIэм хуэдэу. Нобэ сиIэ дуней тетыкIэм и IыхьэфIыр зыгъэпсар зи гугъу фхуэсщI гуп дахэращ. КуэдкIэ сахуэарэзыщ, фIыщIэ ин яхузощI а гъуэгуанэм сызыщрихьэлIа дэтхэнэми. Адыгагъэр, зыIыгъыкIэр нэсу къытхапщащ. Дуней псом къыщацIыху ансамблым ухэтыныр, а унагъуэм ущыщыныр пщIэ иным и мызакъуэу, ар икIи жэуаплыныгъэшхуэщ, абы уэрамым ущыдэтми, гуп уащыхэтми, уахуэфэщэн хуейщ. Къафэм хузиIэ фIылъагъуныгъэр - хъыбар щхьэхуэщ, дэ зэщхьэгъуситIри ансамблым дыхэтщи, лэжьапIэми унэми дыкъыщофэ. Уеблэмэ унэм дыкъикIыу лэжьапIэм дыкъэсыхукIи къафэ къеуэмэ, ди Iэпкълъэпкъыр къыдоныкъуэкъу. Псом хуэмыдэу къафэ хуэмхэр си псэм нэхъ фIэфIщ, «Уэркъ къафэм» сыт пэхъун?! ФIыуэ слъагъу къафэхэм ящыщщ «Бжэдыгъу ислъэмейр», ар зэщхьэгъусэм догъэзащIэ. А къафэр ди деж зэрыщагъэувам хъыбар гъэщIэгъуэн иIэщ. Ансамблым сыкъыхыхьагъащIэу, «Налмэс» ансамблым и унафэщIу щыта Къул Мухьэмэд къакIуэри, къызжиIат: «Си гъащIэ псом хъуэпсапIэ ин сиIэщ «Кабардинка»-м сыщылэжьэну, ауэ зэи Iэмал згъуэтакъым. Иджы къафэ згъэувыну хуит сащIащи, фи нэгу къыфхущIэгъэхьэнкъым сызэрыгузавэр. Сыхуейщ сэ мы къафэр псэуну». Апхуэдизу а псалъэхэр си гум хыхьати, номин къафэми сыкъэфэну сыхьэзырт. ЩIалитIрэ хъыджэбзитIрэ дыхэту къафэр ягъэуват. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, репертуарым ар куэдрэ хэтакъым, си гъусэхэр ансамблым хэкIыжати. Зэман блэкIауэ, Атэбий Игорь а къафэм сыкъигъэфэну щыжиIэм, дамэ къыстекIа пэлъытэт: си щхьэгъусэмрэ сэрэ ди закъуэ дыхэту дгъэувыжащи, тIуми а къафэм пэтщIын щыIэкъым. ФIыуэ плъагъу сыт хуэдэ Iуэхури ефIэкIуэну ущIохъуэпс, апхуэдэ хъуэпсапIэхэр ди ансамблым ехьэлIауи сибэщ. Щомахуэ Залинэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2435.txt" }
ЩIэблэр ягъасэ Шэджэм районым щекIуэкIащ «ЩIэпхъэджагъэ здэщымыIэ дунейм дрителъхьэщ!» щIалэгъуалэ форумыр. Абы и лэжьыгъэм хэтащ щIыпIэ администрацэм, хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лIыкIуэхэр, диным и лэжьакIуэхэр, спорт зэгухьэныгъэхэм хэтхэр, районым и щIалэгъуалэр. НыбжьыщIэхэр ирагъэдэIуащ терроризмэм пэщIэтыным ехьэлIа Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм, узыншагъэр хъумэным, лъэпкъхэм я зэхуаку дэлъын хуей зэгурыIуэныгъэм, гущIэгъум, ныбжьэгъугъэм, гулъытэм ятеухуа псалъэмакъхэм. Илъэс къэс екIуэкI зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэщ Шэджэм щIыналъэм терроризмэм пэщIэтынымкIэ щыIэ комиссэр. Гъуэт Синэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2436.txt" }
Футбол губгъуэщIэ Къармэхьэблэ къуажэм къыщызэIуахащ «Пшэплъ» («Заря») зыфIаща стадионыщIэр. «Спортыр гъащIэм щыщщ» федеральнэ проектым хэту яухуа футбол губгъуэр къызыхуэтыншэщ. ГектаритI хуэдиз къызэщIэзыубыдэ губгъуэр къуажэ дэлъэдапIэм хуозэ. ЩIыуэпсым и дахагъ курыкупсэм ар зэрыщаухуам фIагъ хэлъщ. Абы уегъэгушхуэ, гур хегъахъуэ. Футбол губгъуэр зэрагъэнэху уэздыгъэшхуэхэмкIэ (прожекторкIэ) къызэгъэпэщащ, къыщажыхь гъуэгу щхьэхуэ иIэщ. Стадионым и администрацэ унэм хэтщ спортзал, зыщагъэпскI, зыщахуапэ пэш тIурытI, ЕтIуанэ къатым тIысыпIэ 280-рэ зиIэ трибунэ хэтщ. Къармэхьэблэдэсхэмрэ Iуэхум кърихьэлIахэмрэ псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ Дзэлыкъуэ районым и администрацэм и унафэщI Джатэ Руслан. Абы къыхигъэщащ стадионыщIэм щIалэгъуалэри нэхъыжьыIуэхэри куэду къекIуалIэмэ зэригуапэр. - Мыбдеж дэтхэнэми Iэмал щигъуэтынущ и гум дыхьэ спорт лIэужьыгъуэм хэтыную. Сыхуейщ щIалэщIэхэм я зэфIэкIхэм хагъэхъуэну, спорт утыкушхуэхэм мыр щIэдзапIэ щахуэхъуну. Дэри щIыналъэм спортыр щефIэкIуэн папщIэ ди гуащIэ къихьыр длэжьыну дыхьэзырщ, - жиIащ Джатэм. Япэ топ еуэгъуэр щIыналъэм и унафэщIым лъыса нэужь, стадионыр къызэрызэIуахам и щIыхькIэ зэдэджэгуащ къармэхьэблэдэсхэмрэ Псынэдахэ щыщхэмрэ. Стадионым деж спорткомплексышхуэ щаухуэнущ. Гугъуэт Заремэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2437.txt" }
ЗэгурыIуэныгъэхэр иращIылIэ Урысей Федерацэм и Пенсэ фондыр шэщIауэ ядолажьэ къэрал IуэхущIапIэ куэдым. Анэ мылъкур унагъуэхэм яIэрыхьэными зи къалэнхэр епха а фондыр набдзэгубдзаплъэу кIэлъоплъ сабий зыгъуэхэм хухах ахъшэр къызэрагъэсэбэп щIыкIэхэм, еубзыху зетебгъэкIуадэ хъуну Iуэхугъуэхэр. Пенсэ фондым Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм и пресс-IэнатIэм и лэжьакIуэхэм хъыбар къызэрыдагъэщIамкIэ, IэнатIэм иджыблагъэ зэгурыIуэныгъэхэр ирищIылIащ ди республикэм щылажьэ еджапIэхэм, гъэсапIэхэм. Абы ипкъ иткIэ, анэ мылъкур хуэбутIыпщ хъунущ сабийм щIэныгъэ егъэгъуэтыным. АтIэми, гулъытэ хуэщIын хуейщ Iуэхум хэлъ мыпхуэдэ щхьэхуэныгъэхэм: ахъшэр трагъэкIуадэ хъунущ быным ящыщ дэтхэнэми щIэныгъэ егъэгъуэтыным, ар къыщIрата сабийм и ныбжьыр илъэсищ ирикъуа нэужь. КъинэмыщIауэ, щIэныгъэ зэзыгъэгъуэтыну быным и ныбжьыр илъэс 25-м нэмысауэ щытын хуейщ. Зи школ кIуэгъуэ мыхъуахэм я гугъу пщIымэ, анэм хуитыныгъэ иIэщ къэралым кърита мылъкум къыхэкIыу сабийр зэкIуалIэ гъэсапIэм щIат хабзэ ахъшэр абы къыхигъэкIыну. Быным щIэныгъэ ирагъэгъуэтын папщIэ къыхах еджапIэхэмрэ гъэсапIэхэмрэ Урысей Федерацэм хыхьэ щIыналъэхэм щыIэу, цIыхухэм апхуэдэ Iуэхутхьэбзэхэр хуащIэну зэрыхуитым щыхьэт техъуэ лицензэхэр яIэнри Iэмалыншэхэм ящыщщ. Апхуэдэ лъэIухэр зэрыт тхылъыр анэм ирит хъунущ УФ-м и Пенсэ фондым щIыналъэхэм щиIэ дэтхэнэ къудамэми, езыр зыщыпсэу е пIалъэкIэ здэщыIэ щIыпIэм емылъытауэ. Тхылъхэр ебгъэхь хъунущ Интернетым и IэмалхэмкIи, «Къэрал Iэухутхьэбзэхэр» порталыр е Лэжьыгъэ куэд щызэфIах центрхэр (МФЦ) къэбгъэсэбэпу. КЪАРДЭН Маритэ.
{ "source": "apkbr.ru", "id": "2438.txt" }