text
stringlengths 11
353k
| meta
dict |
---|---|
Адыгэ Хасэм и гъуэгуанэ кIыхьыр
(КIэухыр. ПэщIэдзэр мэкъуауэгъуэм и 16-м итщ.)
Хасэмрэ лъэпкъыр зэкъуэзыгъэувэ Iуэхухэмрэ
Къэрал зызыужьахэм я тхыдэм уриплъэмэ, гу зылъыптэр зыщ: лъэхъэнэ гуэрым зэрылъэпкъыу щIызэкъуэувэн щхьэусыгъуэ ягъуэта нэужь, абы и хьэтыркIэ, зэпэщIэтхэм зым адрейм худичыхын щIедзэри, хэгъэгу щIыбкIэ къебгъэрыкIуэ шынагъуэм лъэпкъыр быдэу зэрегъэубыд. Апхуэдэ щхьэусыгъуэу адыгэхэм къахукъуэкIауэ щытащ 1863 гъэм Мэздэгу деж урыс быдапIэ зэрыращIыхьар.
1860 гъэхэм лъэпкъым и пащхьэ къиува къалэныщIэхэм Iуэху бгъэдыхьэкIэр ямыхъуэжу мыхъуну ищIащ. Иджыри къэс Урысейр Къэбэрдейм «къыщхьэщыжу» зищIа къудеймэ, иджы абы лъэпкъыр и унафэм щIигъэувэну мурад ищIат, щIыналъэр езым ищIхэм хигъэхьэну пабгъэрт.
Къэбэрдейм и щхьэхуитыныгъэр фIэкIуэдын шынагъуэ къызэрыувам Хасэм иджыри къэс имыIа къалэнхэр къыхуигъэувырт. 1763 гъэм ипэкIи адыгэпщхэм къахукъуэкIырт щIызэгухьэн щхьэусыгъуэхэр, ауэ а илъэсым щегъэжьауэ ар икIэщIыпIэкIэ гъэзэщIэн хуей пщэрылъ яхуэхъуат.
Абы ипэкIэ апхуэдэ щхьэусыгъуэ къащыхуихуам щыгъуэ, къэбэрдейхэм зэкъуэту 1708 гъэм Кърым хъаным и дзэр зэтракъутауэ щытащ. Абы иужькIэ Къэбэрдейм къудамитIу зигуэшри, зы лъэныкъуэр - Кърымым, адрейхэр - Урысейм щыгугъыу къекIуэкIащ. 1753 гъэм екIуэкIа зэхуэсым, зэрытщIэщи, а къудамитIыр зэрызэгуэкIар хабзэкIэ къащтат. Ауэ илъэсипщI дэкIа нэужь, къэбэрдей адыгэхэр щыхьэт техъуэжащ бий ущиIэм деж узэкъуэувэу Хасэмрэ пщышхуэмрэ уедэIуэн зэрыхуейм.
1764 гъэм щIышылэм и пэм пщы къудамитIри зэхуэзэри, Мэздэгу быдапIэр зэраухуам теухуауэ унафэ къащтэн зэрыхуейм тепсэлъыхьащ. Ахэр зэкъуэувэным щхьэусыгъуэ хуэхъуар Мэздэгу зэрафIэкIуэдар Къэбэрдейм пщыуэ исым зэран зэрахуэхъурт.
1765 гъэм аргуэру лъэныкъуитIым зэхуэсышхуэ ящIри, Мэздэгу быдапIэр зэрыIурагъэхыжа хъуным теухуауэ кърым сулътIаным хуагъэхьа тхыгъэм къыпэкIуа жэуапым тепсэлъыхьащ. Хъаным бдэ мыхъун фIэгъэнапIэ къапиубыда нэужь, урыс пащтыхьым деж лIыкIуэ ягъэкIуэну мурад ящIащ. Мыбдежми зэпэщIэт къудамитIыр зэгъусэу щызэдэлэжьащ. Пщышхуэм хэти едэIуэн зэрыхуейр псоми яфIэкъабылт. Абы и щапхъэу, 1867 гъэм зэхуэсахэр ХьэтIохъущокъуэ Къэсей и унафэм щIэувэнымкIэ зэакъылэгъу хъуахэт. Пщышхуэр Хасэм и акъылэгъуу зэрыщытым къыхэкIыу, псоми ятеухуа унафэ къищтэну Iэмал игъуэтырт.
Пащтыхьыгъуэр адыгэпщхэр зэкъуиудыным зэрелIэлIар
I763 гъэм щегъэжьауэ зэкъуэувэн щIэзыдза адыгэпщхэм ахэр зэбгъэдэзыш къарухэри къахыхьэн щIадзащ. Абы и щхьэусыгъуэр пащтыхь унафэм апхуэдэ мурад зэриIэрт, адыгэпщхэр зэгуримыгъэIуэныр и зэрыпхъуакIуэ Iэмал щэхуу зэрыщы-тырт. I770 гъэм и жэпуэгъуэм капитан Гастотти М. хамэ къэрал IуэхухэмкIэ министерствэм чэнджэщ ирет: «Iэмал зэриIэкIэ, адыгэхэм я зэхуаку къаугъэхэр къыщыгъэхъеин, дэ дыхуей мыхъуауэ пщы къудамитIым зэкIужыну Iэмал емытын». Хабзэ зэрыхуэхъуауэ, Урысейм нэхъ къарууншэу фэ зытет лъэныкъуэм зыщIигъакъуэ зищIурэ, ар адрейм иригъэныкъуэкъурт. Кърым хъанхэми ящIэр ардыдэрат. Абы укъыфIэкIмэ, пщы-уэркъхэмрэ къызэрыкIуэ мэкъумэшыщIэхэмрэ я зэхуаку къаугъэ далъхьэнри пащтыхьыгъуэм къыхилъхьа IэмалыщIэхэм язт. Апхуэдиз зэгурымыIуэныгъэр хуэм-хуэмурэ Къэбэрдейм и хуитыныгъэр фIэзыгъэкIуэдыфын щхьэусыгъуэ хъурт.
Хасэмрэ шэрихьэт зэщIэхъееныгъэмрэ
Хасэр къудамищ зэрыхъуар ефIэкIуэныгъэу щыта щхьэкIэ, къэбэрдей цIыхубэм зэкъуэхун щIидзакIэт, абы къыхэкIыу, а зэхъуэкIыныгъэ щхьэпэми лъэпкъым и гъащIэм зэгурыIуэныгъэ къыхилъхьэфыртэкъым.
1769 гъэм къэбэрдейхэр генерал Де Медем Иоганн и унафэ щIэт дзэхэм езэуащ. 1774 гъэм Тыркумрэ Урысеймрэ зэращIылIа Къайнэрджи ЦIыкIу зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ, Къэбэрдейр Урысейм и Iыхьэу ягъэуват. Абы и жэуапу къэбэрдейхэм жаIащ: «Дэ зэи Урысейм и унафэ дыщIэтакъым, Грозный Иван пащтыхьым Iуэху гуэр дэтщIами, дэ абы ныбжьэгъугъэ хабзэкIэ дыдекIуэкIауэ аращ, армыхъумэ и пщылIу зэи дыщытакъым».
Къайнэрджи ЦIыкIу зэгурыIуэныгъэм Къэбэрдейм и хуитыныгъэр щхьэщихыпатэкъым, ауэ хамэ къэралхэм зэрадекIуэкI хабзи, зэрызихъумэж Iэмал хэха гуэри здимыIэм, хэгъэгур Урысейм щыгугъыу къигъанэрт.
А псом Хасэм и лэжьэкIэми лъэужь къытримынэнкIэ Iэмал иIэтэкъым. Лъэпкъым унафэ зехьэпIэ щхьэхуити хуитыныгъэ нэгъэсаи зэримыIэм Хасэми и къарур щIихащ. Зэрызэкъуэувэрэ илъэсипщI фIэкIа дэмыкIауэ, къудамищу зэхэт Хасэм щыщ пщы-уэркъхэмрэ мэкъумэшыщIэ щхьэхуитхэмрэ зэныкъуэкъужын, фейдэкIэ зэпеуэн щIадзахэщ.
Адыгэ цIыхубэр фIыуэ зэзыгъэцIыхуа пащтыхь администрацэм гугъу зригъэхьын хуеижтэкъым и унафэр пхигъэкIын щхьэкIэ, сыту жыпIэмэ, иджыри къэс лъэпкъыр зэдаIуэу щыта Тэтэрхъан Жанхъуэти, Бомэт Мысости я нэхъыжьыгъэм хьэтырышхуэ иIэжтэкъым.
Лъэпкъыр апхуэдэ щIыкIэу зэкъуагъэхуа нэужь, пащтыхьыгъуэм и Iэмалхэм нэхъри щIикъузэну мурад ищIащ. 1793 гъэм абы утыку кърихьащ «лъэпкъ хейщIапIэхэр». Абыхэм къэбэрдей гъащIэм къыщыхъу щIэпхъаджагъэхэр щызэпкърахырт, унафэ къыщащтэрт, тезыр щытралъхьэрт. Абы къикIыр зыт - иджыри къэс лъэпкъыр зытета хабзэхэр мылэжьэжыну арат. Псалъэм папщIэ, «къэбэрдейхэр хуиттэкъым: щIыналъэм и унафэщIым имыщIэу хэкум икIыну; ялъ ящIэжыну; хьэщIэ къыдогъэблагъэ жаIэу щIэпхъаджащIэхэр ягъэпщкIуну; лIыгъэкIэ зэпеуэн щхьэкIэ зэхуэсыну; хейщIапIэхэм унафэ къамыщтауэ зэIущIэ ирагъэкIуэкIыну».
Абдеж щегъэжьауэ Къэбэрдейм щылажьэ цIыхубэ зэхэтыкIэр зэтезыIыгъэ хабзэхэм лъэлъэжын щIадзащ. Псом хуэмыдэу, зэхуэсыну зэрыхуимытым къигъэлъагъуэрт Къэбэрдейм и хуитыныгъэр къэгъазэ имыIэу зэрыIэщIэкIыр. Лъэпкъыр апхуэдизкIэ къигъэгубжьат а унафэми, 1794 гъэм Iуэхур къызэщIэхъееныгъэм хуэкIуэри, къызэщIэгъэстакIуэу къалъыта ХьэтIохъущокъуэ Адэлджэрийрэ Хьэмырзэ ХьэтIэхъущокъуэрэ Екатеринослав губернием ирырагъэшауэ щытащ.
Абдеж гурыIуэгъуэ щыхъуат Урысейр къызэрыпэщIэтри, Къэбэрдейм и щхьэм фIэкIа зыщыгугъын зэримыIэри. Лъэпкъыр зэрызыгъэубыдыжын къарууэ диныр къалъытэри, 1798 гъэм лъэхъуэщым къикIуэсыкIыжа ХьэтIохъущокъуэ Адэлджэрий пашэ зыхуэхъуа шэрихьэт зэщIэхъееныгъэм гъуэгу игъуэтащ.
Иджыри къэс урыс хейщIапIэхэм адыгэ хабзэр пэщIагъэувэну хэтамэ, иджы лъэпкъыр зыщыгугъыр шэрихьэтыр зи лъабжьэ хабзэрт.
Муслъымэн диныр, зы лъэныкъуэкIэ, лъэпкъыр зэрыпхъуакIуэхэм зэрапэщIэувэн Iэмэпсымэ хъуат, адрей лъэныкъуэмкIэ - цIыхубэ гъащIэр куэд щIауэ зыхуэныкъуэ зэхъуэкIыныгъэхэм гъуэгу къытехьэну Iэмал яритырт. Шэрихьэт зэщIэхъееныгъэм и мурадыр урыс хейщIапIэхэр игъэкIуэдыжу дин хабзэкIэ лажьэ судхэр зэфIигъэувэжыным и закъуэтэкъым - лъэпкъым хуэщхьэпэну унафэщIэхэр къащтэну я мурадт, псалъэм папщIэ, пщыхэмрэ уэркъхэмрэ хуитыныгъэкIэ зэхуэдэ ящIыныр.
Пащтыхьыгъуэм и тIасхъэщIэххэм яз Кнорринг Карл итхырт: «Сэ сыщыгъуазэщ а щIалэ псынщIэхэр КъурIэным теIэбэу, зытеувам къытемыкIыну тхьэ зэраIуар, пщыхэмрэ уэркъхэмрэ зэхуэдэ ящIыну зэрамурадыр. «Сыт Франджым къыщащтар дэри къатщтэ щIэмыхъур?» - жаIэ абыхэм. Уэркъ куэд япщхэм къабгъэдэкIыу абыхэм зэрагухьэри уолъагъу».
ГъэщIэгъуэн дыдэу мы Iуэхум къыхэщыр сыт жыпIэмэ, уэркъхэм пщыхэм зыхуагъэдэныр ягу зэрырихьынур гурыIуэгъуэт, ауэ Iуэхур къыхэзылъхьар езы пщыхэрт. Абы и щхьэусыгъуэуи пхужыIэнур зы закъуэщ: Урысейм Къэбэрдейр къэгъазэ имыIэжу зэрипхъуэн мурад зэриIэр наIуэ къэхъупати, цIыхубэр быдэу зэрызыгъэубыдыфын Iэмал къэгъуэтын хуейт. Къэгъуэтыпхъэри псоми я зэхуэдэ плъапIэм телажьэ, псори зэхуэзыгъадэ Iэмыпсымэт. Абдежым «сэ уэ нэхърэ нэхъ лъэпкъыфI сыкъыхэкIащ» жыпIэу узэдауэкIэ, уи щхьэкIи фейдэ хэпхынутэкъым, лъэпкъми къыхуэсэбэпынутэкъым. Мыбдежми наIуэ къыщохъу нэхъыбэ дыдэу и щхьэ ебэкъуэн къалэныр пщыхэм къазэрытехуар. Пщыгъэр бгъэнэхъапэрэ лъэпкъ хуитыныгъэр пфIэкIуэдмэ, укъызэрызэтемынэнур хьэкът. А бгъэдыхьэкIэр уи щхьэр Алыхьым и хьэтыркIэ бгъэлъэхъшэныр езы диным зэрыпхуигъэдахэми хуэпхьыфынущ, ауэ шэрихьэт зэщIэхъееныгъэм къыздихьа зэкъуэтыныгъэм хуэдэ Къэбэрдей тхыдэм ипэкIи иужькIи хэтакъым. Абы ипэкIэ пщыхэмрэ уэркъхэмрэ махуэ къэс я зэхуаку къыдэхъуэ къаугъэ мыхьэнэншэхэм щызэныкъуэкъуу къекIуэкIамэ, иджы я щIыналъэм и къэкIуэнум егупсысу я акъыл зэтрагъэхуэн хуей хъуат. ИкIи плъапIэу яIэр я блэкIар зэфIагъэувэжыныр аратэкъым, нэхъ зызыужьауэ дунейм тет лъэпкъхэм я къэрал зехьэкIэ Iэмалхэр шэрихьэтым ирагъэкIуу, езыхэм къэралыгъуэ узыншэ яухуэнырт.
1803 гъэм Нартсанэ (Кисловодск) деж быдапIэ щаухуэу къэзакъ станицэщIэхэр ягъэтIыса нэужь, Къэбэрдейм зыкъиIэтащ. 1804 гъэм Бахъсэн деж къэкIуа Глазенап и дзэр накъыгъэм и 10-мрэ и 14-мрэ Шэджэм деж къащытеуэри, адыгэхэр зэтраукIащ. «ТекIуэныгъэр зыхуэщ урысыдзэм и ехъулIэныгъэхэм апхуэдизкIэ къэбэрдей адыгэхэм я гур ириудащи, иджы ахэр щIэрыщIэу къаубыда лъэпкъыу къэплъытэ хъунущ», - хуитхырт зигъэщIагъуэу Глазенап Цициановым.
1805 гъэм и гъатхэпэм урысыдзэр аргуэру къэбэрдейхэм къатеуэри, къуажэ 80-м нэс зэтригъэсхьащ, гуэдзрэ мэкъумылэу яIэр фIагъэсащ, адыгэхэр гъаблэм зэрырахулIэр нэрылъагъу хъуат. Абы емынэ узри къыхыхьэжащ.
А псом иужькIи зыкъаIэтыжыну гу зыхурикъуа къэбэрдейхэм я щIыналъэри яхъумэрт, езыхэм я зэхэтыкIэр зэрырагъэфIэкIуэну щIыкIэм акъыл ирахьэлIэнуи тегушхуэфырт. Арати, Къэбэрдейр зауэлI къару къудейкIэ и унафэ зэрыщIимыгъэувэфынур пащтыхьыгъуэм къыгурыIуэри, урыс хейщIапIэхэр тричыжащ, абыхэм я пIэкIэ мэхъчэмэ жыхуаIэ шэрихьэт судхэр 1807 гъэм къызэрагъэпэщыну арэзы хъуащ.
Къэбэрдейм диным и мыхьэнэм апхуэдизкIэ пщIэшхуэ щигъуэтати, пащтыхьым и тIасхъэщIэххэм «Урысейм къыхуэпэж дин лэжьакIуэхэр имыIэу зэрымыхъунум» теухуауэ нэхъыщхьэхэм чэнджэщ иратырт. Ар къыхощ 1708 гъэм бадзэуэгъуэм и I6-м граф Гудович Иван къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министр Куракин Алексей хуигъэхьа тхыгъэм.
Диным къару игъуэтам лъэпкъ зэхуэсхэм я лэжьэкIэри ихъуэжат. I8I0 гъэм Броневский Семён етх: «ЦIыхубэр зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ зэчэнджэщын папщIэ зэхуашэс лъэпкъ зэIущIэхэр хъарзынэу зэтеухуауэ йокIуэкI. Абы хагъэхьэр япэ ит гупищым щыщхэрщ: пщыхэр, дин лэжьакIуэхэр, уэркъхэр. Япэу пщы нэхъыжьхэр ягъэпсалъэ, абыхэм я ужьым дин лэжьакIуэхэр итщ, итIанэ уэркъ нэхъыжьхэр къокIуэ. Мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэху къыщагъэхъейм деж, мэкъумэшыщIэхэм ящыщ нэхъыжьхэри кърагъэблагъэ».
Диным и мыхьэнэм зэрыхэхъуам и лъэужь лъэпкъ Хасэми къытринащ. Iуэхум и щIэдзапIэм щегъэжьауэ, духьэшыхэр пщыхэми уэркъхэми нэхърэ нэхъ лъагэ къарууэ, зэрыцIыхубэу къащхьэщыжыфын къалэныр езыхьэкI гупут къызэрежьар. Абыхэм я дежкIэ къызыхэкIа лIакъуэм и мыхьэнэр нэхъ ину щытамэ, дин лэжьакIуэхэри Хасэм и къудамэ щхьэхуэ мыхъуу, пщыхэмрэ уэркъхэмрэ зыхэт къудамэхэм хыхьэнт.
Хасэм и ухуэкIэм зэрызихъуэжар абы дин лэжьакIуэхэр зэрыхыхьам и закъуэтэкъым. Къэбэрдейм мэхъчэмищ зэрыщаухуам езы хэкур Iыхьищу ягуэша пэлъытэ ищIырт. Суд щхьэхуэ къызэрыунэхуам иджыри къэс а къалэныр зыхьа Хасэм игъэзащIэ лэжьыгъэхэм зыгуэр зэрыхигъэщIари гурыIуэгъуэт. Ауэ гъэщIэгъуэну къыхэхъуар сыт жыпIэмэ, иджы пщы уэлийр суд нэхъыщхьэкIэ зэджэ IуэхущIапIэм и унафэщI хъурт. Лъэпкъыр XVI лIэщIыгъуэм зытета унафэ щIыкIэм иджы лъабжьэщIэ игъуэту техьэжауэ арат, а зэманми пщы уэлийм «хейм» (суд нэхъыщхьэм) и унафэщI къалэныр ихьу щытат.
1809 гъэм бадзэуэгъуэм и 17-м генерал Булгаков Сергей езым и унафэщI Тормасов Александр хуригъэхь тхылъымпIэм «къэбэрдейхэм Бахъсэн деж лъэпкъпсо зэхуэс зэрыщрагъэкIуэкIам» и гугъу щещI. Абы Жанхъуэт Кушыкурэ ХьэтIохъущокъуэ ХьэтIохъущыкъуэрэ пщы уэлийуэ щыхахауэ щытащ. Зэуэ пщы уэлиитI зэрыхахари Къэбэрдей Хасэм и лэжьэкIэм и кIэм нэмыса зэхъуэкIыныгъэхэр зэрыщекIуэкIым и щыхьэтт. Лъэпкъым и хуитыныгъэр фIэкIуэдыпэн шынагъуэ зэрыщыIэм ипкъ иткIэ, щIыналъэр хъума зэрыхъуным теухуауэ Хасэм унафэ ткIийхэр къызэрищтапхъэр IупщIт. Ауэ пащтыхьыгъуэм и ехъулIэныгъэхэм заубгъуху, Хасэм и мыхьэнэри кIуэ пэтми нэхъ ехуэхырт.
Хасэр пащтыхьыгъуэм и унафэр зэрыпхигъэкI Iэмэпсымэ зэрыхъуар
Пащтыхьыгъуэм Хасэм езым и унафэр зэрыпхигъэкI Iэмэпсымэ къыхищIыкIыну мурад ищIри, япэрауэ, ар, Къэбэрдейм щекIуэкI псори къищIэн папщIэ, хъыбарегъащIэ Iэмал хуэдэу къигъэщхьэпэн щIидзащ. Хэт дэтхэнэм и телъхьэми, хэт дэтхэнэм и бийми, Кавказым щыщ адрей лъэпкъхэм сыт хуэдэ щIыкIэу ялъэIэсми - а псори пащтыхьыгъуэм жезыIэжын Хасэм хэтт. Къэбэрдеишхуэми Джылахъстэнейми щылажьэ урыс приставхэм ищхьэкIэ яутIыпщ тхыгъэхэм къыщыхагъэщырт я хъыбархэр лъэпкъпсо зэхуэсхэм псом нэхърэ нэхъыфIу Iуэхум щыгъуазэхэм къыщапсэлъу зэрызэхахар.
Псалъэм и хьэтыркIэ, 1805 гъэм накъыгъэм и 15-м урыс генерал нэхъ гущIэгъуншэхэм яз Дельпоццо Иван ари къозыгъэщтэжын Цицианов Павел хуетх: «Хасэм къекIуэлIахэм сеупщIащ: «Къэбэрдейм уз зэрыцIалэ къызэрыщежьар пэж?» - жысIэри. Бэчмырзэхэрэ Къетыкъуэрэ я нэхъыжь псоми, пщырэ уэркъыу цIыхуищэм нэс къекIуэлIахэм, жэуапу къызатащ, апхуэдэ уз къежьамэ, къысщабзыщIынкIэ Iэмал имыIэу». Къэбэрдейхэм емынэ узыр къызэрежьар ябзыщIын хуей хъурт. Ар къащIэмэ, Кавказ линиер зэраухуэрэ армырми пэIэщIэ зыхуащIа я хъупIэхэмрэ губгъуэхэмрэ ирагъэхьэнутэкъым.
Урысейр пхъашэу къахэIэбэху, Хасэр пащтыхьыгъуэм къэбэрдейхэм къахуищI унафэр къыщыжраIэ, ахэр зэрагъэзэщIэну щIыкIэр къыщыгурагъаIуэ зэхуэс хъурт. Псом хуэмыдэу, абы щытепсэлъыхьырт пащтыхь тетыгъуэм лъэпкъым къытрилъхьэ къуэдыхэр зэрапшыныну щIыкIэхэмрэ къраухылIэ пIалъэмрэ.
Языныкъуэхэм деж пащтыхьыгъуэм Хасэр зэхуишэсырт нэгъуэщI лъэпкъхэмрэ къэралхэмрэ щатеуэкIэ гъусэ зыхуащIынухэм ягурыIуэн папщIэ. Езыхэр зыхуитымрэ я хуитыныгъэмрэ теухуауэ къиину сыт щыгъуи къыщIэкI адыгэ пщы-уэркъхэр жыIэдаIуэ хъужхэрт, я лIыгъэр нэгъуэщI лъэпкъхэм ехьэлIауэ къагъэлъэгъуэн хуей щыхъум деж. Апхуэдэ зекIуэхэм урыс тетыгъуэм и тыгъэхэмрэ къуентхъ мымащIэрэ къахуздихьырт, щIалэгъуалэми я зэфIэкI здынэсыр къыщагъэлъэгъуэн лIыгъэщIапIэ къалъыхъуэрт.
Ермолов Алексей и зэманым пащтыхьыгъуэм Къэбэрдейм щызэрихьэ лейм зиубгъупащ. Къэбэрдеишхуэр IыхьитI ирищIыкIыу зэлъэмыIэсыж ищIын папщIэ, абы Балъкъ, Бахъсэн, Шэджэм, Налшык, Шэрэдж псыежэххэм я Iуфэм быдапIэхэр IуищIыхьат. Къэбэрдейр зыIэщIалъхьэн Iуэхур пащтыхьыдзэм и унафэ щIэт «Временный суд» жыхуаIэр къыщызэрагъэпэща 1822 гъэм зэфIэкIауэ жыпIэ хъунущ.
ГурыIуэгъуэщ Къэбэрдейм хуитыныгъэр фIэкIуэдыпа нэужь, Хасэми бгъэдэлъа лъэкIыныгъэм и нэхъыбэр IэщIэкIыу, лъэхъэнэщIэ къэунэхуам зыдригъэкIун хуей зэрыхъуар.
Иужьрей дыдэу Хасэм и хъыбар къызыхэщыжыр Къэбэрдей линием и тетым «Временный суд» зи фIэщыгъэ хейщIапIэм 1826 гъэм хуигъэхьа тхыгъэрщ: «Мы хейщIапIэм папщIэ жэрдэм къыхызолъхьэ дяпэкIэ щхьэусыгъуэ гуэр къыкъуэкIрэ лъэпкъ зэхуэс ящIын хуей хъумэ, сыт щыгъуи сэ къызэупщIыну, и чэзур къэмыс щIыкIи хъыбар сагъэщIэну. Езы зэхуэсхэр Налшык быдапIэм щрырагъэкIуэкI, сэри сыкIуэфын хуэдэу, лъэпкъым ифI зыхэлъ Iуэхухэр щызетхуэну Iэмал диIэн хуэдэу, хъыбар срырагъащIэ».
А тхыгъэм къегъэлъагъуэ а зэманым къыщыщIэдзауэ Хасэр Къэбэрдейм хабзэщIэ къыщищтэу, къащта унафэхэр гъэзэщIэным теухуауэ щызэчэнджэщ IуэхущIапIэу щытын щигъэту, пащтыхьыдзэм и гукъыдэжхэр пхагъэкIыным хуэлажьэ зэгухьэныгъэ зэрыхъуар. Апхуэдэ Хасэми арэзы ищIыртэкъым урыс тепщэгъуэр. Пащтыхьыдзэм и унафэм щIэт гъащIэм езэгъынкIэ Iэмал иIэтэкъым зэгуэр лъэпкъыр хуиту зэрыщытар ягу къэзыгъэкIыж политикэ Iэмэпсымэм и цIэр зекIуэххэныр. Аращ Къэбэрдейм пщы-уэркъ зэхуэсышхуэ щызэхашауэ зэи иужькIэ хъыбар къыщIэмыIужар.
Къэбэрдей пщы уэлий ХьэтIохъущокъуэ Кургъуокъуэ куэд илэжьащ пщыхэр, уэркъхэр, Хэку хасэр зэгуригъэIуэн папщIэ.
Сурэтыр СэвкIуий Хьэмид ищIащ. 2008 гъэ
ЧЭРИМ Марианнэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1986.txt"
} |
Куэцэ Пщымахуэ и гъащIэмрэ иригъэкIуэкIа лэжьыгъэмрэ
XIX лIэщIыгъуэм и кIэм - XX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм Урысей империем ис лъэпкъхэм я тхыдэр гъуэгущIэкIэ зыунэтIа щхьэусыгъуэ зыбжанэ къыкъуэкIат. Абыхэм язщ къэралыгъуэм и щэнхабзэм хэпщIа хъуа кавказ лъэпкъхэм я утыку «бгырыс интеллигент» зыфIаща нэрыбгэщIэ къызэрихьар. Зи гугъу тщIыр XIX-XX лIэщIыгъуэхэм я зэпылъыпIэм Урысеймрэ Европэмрэ ит еджапIэ нэхъыщхьэхэм дохутыр, егъэджакIуэ, юрист, агроном, инженер IэщIагъэхэр щызрагъэгъуэту, Кавказ Ищхъэрэмрэ Дагъыстэнымрэ къекIуэлIэжа щIалэгъуалэ гупращ.
Куэцэ Пщымахуэрэ абы и щхьэгъусэ Нафисэтрэ.
ЕджапIэхэмрэ IэнатIэхэмрэ
ЩIэныгъэ зыбгъэдэлъ а цIыхухэм я хъуреягъкIэщ 1917 гъэм и мазаем щIыналъэм щекIуэкIа зэщIэхъееныгъэхэр къыщежьар. А гуп махуэм щыщщ Кавказ Ищхъэрэм пщIэ нэхъ щызиIэу революцэмрэ граждан зауэмрэ я зэманым къацIыхуа Куэцэ Пщымахуэ ТIэмашэ и къуэри.
Ар 1884 гъэм мэлыжьыхьым и 12-м Налшык округым хыхьэ Тэрч областым щыщ къэбэрдей уэркъ Куэцэ ТIэмашэ и унагъуэм дунейм къыщытехьащ.
Екатеринодар (иджы - Краснодар, Бжьэдыгъукъалэ) хейщIапIэм хеящIэу ягъэувыну зыхуагъэфащэхэм я шыфэлIыфэм щытепсэлъыхь дэфтэрым щыгъуазэ дещI Пщымахуэ «и адэ-анэм Псыхуабэ унэ зэрыщаIэм, Налшык округым щыщу дестынэ 600-м нэблагъэ щIы Iыхьищ зэрабгъэдэлъым». Бабыгуей (иджы - Сэрмакъ) дэса абы и адэ Куэцэ ТIэмашэ Хъусин и къуэр Кавказ Ищхъэрэм щэн-къэщэхуэн Iуэхухэр щызэфIэзых хьэрычэтыщIэ жану щытащ.
Краснодар крайм и архивым щIэлъщ Пщымахуэ 1905 гъэм Новороссийск дэт гимназиер къызэриухам щыхьэт техъуэ тхылъ. А гъэ дыдэм щIалэм Бабыгуей къуа-
жэм и унафэщIым лъэIукIэ зыхуегъазэ еджапIэ нэхъыщхьэ щIэтIысхьэн папщIэ хуит къэзыщI тхылъ къритыну икIи и лъэIур 1905 гъэм шыщхьэуIум и 4-м хуагъэзащIэ.
1905 гъэм Пщымахуэ Бытырбыху дэт университетым и КъуэкIыпIэ факультетым щIотIысхьэ, ауэ куэдрэ щемыджэу, а университет дыдэм и юридическэ къудамэм зрегъэдзыж. Ар къызыхэкIар Пщымахуэ япэ урыс революцэм хэпщIа студентхэм яхэтауэ зэрыхуагъэфащэрат. Ауэ а гурыщхъуэм щыхьэт техъуэу зы дэфтэри дрихьэлIакъым.
Бабыгуей щыщ Куэцэхэ я унагъуэм полицэр кIэлъыплъу зэрыщытам и щыхьэту къэув тхылъымпIэ щыIэщ. Ар къызыхэкIар Пщымахуэ гупсысэкIэ убгъуа зэрыбгъэдэлъарауэ къытфIощI, армыхъумэ къэралым еныкъуэкъун Iуэху зэрихуэу щIалъытэн гуэр далъэгъуауэ аракъым. ЖытIэм и щыхьэтщ Налшык округым и унафэщI Къылышбий СулътIанбэч и Iэр щIэлъу Тэрч областым и нэхъыщхьэм хурагъэхьа хъыбарегъащIэр: «Куэцэ ТIэмашэрэ студенту щыта, иджыпсту Екатеринодар дэт судым уэчылым и къуэдзэу щылажьэ абы и къуэ Куэцэ Пщымахуэрэ хуащI гурыщхъуэхэм тегъэщIапIэ иIэкъым».
1910 гъэм Пщымахуэ Бытырбыху дэт университетым и юридическэ къудамэр япэрей нагъыщэр зиIэ дипломкIэ къеухри, а Iуэхугъуэм хуит зыхуищI лъэкIыныгъэхэри къыIэрохьэ. ЩIалэм иджыри дипломыр къратыжатэкъым Екатеринодар дэт хейщIапIэм хеящIэ нэхъыщIэу ягъэувынкIи хъунухэм щыхабжам. Абы и пэ къихуэу Тэрч областым и нэхъыщхьэм Куэцэ Пщымахуэ теухуа дэфтэрым ар цIыху зэпIэзэрыту, къэралыгъуэм гурыщхъуэ къыщIыхуищIын щхьэусыгъуэ бгъэдэмылъу къыщегъэлъагъуэ.
1910 гъэм дыгъэгъазэм и 1-м Куэцэр щIэпхъаджащIэхэм я Iуэху зэхэзыгъэкI хейщIапIэм и къудамэм ягъакIуэри, 1911 гъэм мазаем и 11-м тхьэрыIуэ ирагъэт. А илъэс дыдэм мазаем и 17-м Пщымахуэ унафэкIэ цIыхубэ Iуэхухэр щызэхагъэкI хейщIапIэм и етIуанэ къудамэм ягъакIуэ. КъыкIэлъыкIуэу щIалэр накъыгъэм и 13-м Екатеринодар дэт хейщIапIэм щIэпхъаджащIэхэм я Iуэху щызэхагъэкI къудамэм ягъэIэпхъуэри, мэкъуауэгъуэм и 30-м езым и лъэIукIэ лэжьапIэм къыIуокI. Дэ дыщыгъуазэкъым абы IэнатIэр къыщIигъэна щхьэусыгъуэм, ауэ зэман дэкIа нэужь, ар щIэрыщIэу хейщIапIэ Iуэхухэм хохьэж, иджы нэгъуэщI пщэрылъ зэрихьэу.
1911 гъэм фокIадэм и 4-м Новочеркасск дэт хейщIапIэ палатэм и зэхуэс екIуэкIащ. Абы Куэцэ Пщымахуэ 1911 гъэм мэкъуауэгъуэм и 27-м щегъэжьауэ уэчылым (а зэманым а IэнатIэм зэреджэу щытар - «присяжный поверенный», иджы - «адвокат») и къуэдзэу щыхах, Екатеринодар щыпсэун хуейуи къыхуагъэув.
Гу лъытапхъэщ хейщIапIэм щызекIуэ къулыкъухэр гъэ къэс унафэщIэкIэ къащтэжу, уэчылым и къуэдзэм деж щегъэжьауэ IэнатIэкIэ удэIэбеиху, дэтхэнэ зыри юстицэмкIэ министрым къабыл ищIын хуейуэ зэрыщытами. Аращ Екатеринодар хейщIапIэм 1912 гъэм мэлыжьыхьым и 5-м щекIуэкIа зэхуэсым къыщащта унафэм зи гугъу ищIыр: «ЮстицэмкIэ министрым и арэзыныгъэ къызэрытIэрыхьам ипкъ иткIэ, уэчылым и къуэдзэ Куэцэ Пщымахуэ Екатеринодар хейщIапIэм къекIуалIэ Iуэхухэм хэлэжьыхьыну хуитыныгъэ етын». ЩIалэм а къулыкъур 1916 гъэм гъатхэпэм и 31 пщIондэ зэрихьащ.
1916 гъэм и мазаем Новочеркасск дэт хейщIапIэ палатэм хыхьэ Уэчылхэм я зэхуэсым жэрдэм къыхелъхьэ Куэцэ Пщымахуэ щIыналъэм и уэчылхэм я гупым хагъэхьэну. Ар я щхьэусыгъуэу Куэцэм и хьэл-щэнымрэ IэнатIэм зэрыбгъэдэт щIыкIэмрэ теухуауэ тхыгъэ утыку кърахьэ. А тхыгъэм Куэцэр къыщыгъэлъэгъуащ IэнатIэм къыхуигъэув къалэнхэм напэ къабзэкIэ бгъэдэт, и лэжьыгъэм фIыуэ хэзыщIыкI IэщIагъэлIу.
1916 гъэм мэлыжьыхьым и 31-м Новочеркасск щыIэ хейщIапIэ палатэм и лэжьакIуэхэр щыхьэту, Екатеринодар хейщIапIэм кърита щытхъу тхылъым ипкъ иткIэ, Куэцэ Пщымахуэ Бгырыс хейщIапIэм и къадыуэ ягъэувыну унафэ къещтэ, зэрыхабзэуи IэнатIэм зэрыхуэпэжынумкIэ тхьэ ирагъаIуэ.
Къалэм жанымрэ
цIыхубэ Iуэхухэмрэ
Куэцэ Пщымахуэ цIыхубэ IуэхукIэ и зэфIэкIыр Бытырбыху дэт, императорым и университетым щыщIэсымрэ Екатеринодар хейщIапIэм щыщы- лэжьа зэманымрэ наIуэ къэхъуащ.
Иджыри хабзэхъумэ факультетым и еджакIуэу щыщыта зэманым, Куэцэм Хьэжылъашэ Мухьэмэд-Бэч зи пашэ адыгэ гупым Париж къыщыдагъэкIыу щыта «Муслъымэн» газетым тхыгъэхэр къытрыригъадзэу щытащ. Абы и тхыгъэхэм къыхощ ар «псори зыщIэувэфыну, цIыхубэр зэкъуэзыгъэувэфыну ныпыр Iэта зэрыхъуам» дамыгъэ хуэхъуа газетым гурэ псэкIэ зэрыщыгуфIыкIыр. «ГуфIэгъуэшхуэкъэ-тIэ ар гъащIэр нэху къыщызыщI, фIым тезыгъэгушхуэ дакъикъэхэр зэмэщIэкI, акъылэгъу зыгъуэтыгъуей, щIэныгъэ зыбгъэдэлъ гъунэгъухэм я зэхуаку зи закъуэу зыщызылъытэж муслъымэн еджам дежкIэ?!» - етх Пщымахуэ газетым. «Абы фIыуэ кърикIуэнум занщIэу гу лъумытэнкIи хъунущ, - пещэ щIалэм и гупсысэм, - ауэ къэщIэрэщIэжыныгъэм, къызэщIэушэныгъэм и япэ нэщэнэхэр слъагъуныр апхуэдизкIэ си гуапэщи, щIэныгъэм лъэмыIэсыф ди къуэшхэм апхуэдэ IуэхушхуэкIэ яхуэупса ди лъахэгъухэм я Iуэху фIы ирикIуэну сохъуэхъу». КъызэрыкIуэ Iуэхууи пхужыIэнукъым Пщымахуэ и тхыгъэм «щIэныгъэ зыбгъэдэлъ гъунэгъухэм къакIэрыху» лъэпкъым папщIэ зэрыгузавэр къызэрыхигъэщри.
Куэцэ Пщымахуэ Бытырбыху щыщеджа илъэсхэм ирихьэлIэу, а зэманым къыдэкIыу щыта хъыбарегъащIэ Iэмалхэм «Къэбэрдей П.» зи псевдоним тхакIуэ гуэрым и IэдакъэщIэкIхэр утыку къихьэрейуэ щытащ. Ди тхыдэм теухуа а тхыгъэхэм уахэплъэмэ, ахэр зи IэдакъэщIэкIыр Къэбэрдей тхыдэм фIыуэ зэрыщыгъуазэр уолъагъу.
Дэ дызыщыгъуазэ тхыгъэхэм ящыщу «Къэбэрдейм щIы IуэхукIэ къыщыхъея зэрызехьэр» зи фIэщыгъэр «Братская помощь» журналым къытехуат. Тхыгъэр зи IэдакъэщIэкIыр арэзыкъым щIы гуэшыкIэр захуагъэм зэрытемытымкIэ: нэрыбгищ-плIы фIэкIа зэрымыс унагъуэ цIыкIухэм дестынэ 14-16 ябгъэдэлъщ, нэрыбгэ пщыкIутхум нэс зэрыс унагъуэшхуэхэми лъагъэсыр ардыдэращ.
Къэбэрдей П. щапхъэ къыщихьым деж зи гугъу ищI хабзэр Бабыгуей къуажэращ, абы шэч къигъанэркъым тхыгъэр зи IэдакъэщIэкIым теухуауэ.
«Къэбэрдей лъэпкъ щIэныгъэм и Iуэхур зыIутыр» тхыгъэм ар щытопсэлъыхь адрей лъэпкъхэм япэ ищу еджапIэхэр къызэIуихын, мылъкушхуэ щIэныгъэм тригъэкIуэдэн щIэзыдза Къэбэрдейм къуажэ еджапIэхэр щыщIызэхуащIыжым, езы щIэныгъэми и пщIэр щIехуэха щхьэусыгъуэхэм. ТхакIуэм зэрилъытэмкIэ, щхьэусыгъуэхэр куэд мэхъу, ауэ нэхъыщхьэр «пэщIэдзэ еджапIэр щIыналъэр зыхуэныкъуэ, абы къыщезэгъ щIэныгъэм зыкIи зэрыбгъэдэмыхьэращ». Абы къызэрилъытэмкIэ, дерсхэр Iэмал имыIэу анэдэлъхубзэкIэ ирагъэкIуэкIын хуейщ, иужькIэ хуэм-хуэмурэ урысыбзэри къыхагъэхьэу.
1910 гъэм «УрысеищIэ» газетым и 109-нэ къыдэкIыгъуэм Къэбэрдей П. къытрырегъадзэ «Тэрч, Псыжь областхэм ис муслъымэнхэм я гукъеуэхэр» тхыгъэр. Ар зи IэдакъэщIэкIыр топсэлъыхь 1908 гъэм и бжьыхьэм Екатеринодар щекIуэкIа муслъымэн зэхуэсым къыщащта унафэхэм. Абы къызэрилъытэмкIэ, щхьэпагъ хэлъкъым Тэрч, Псыжь областхэм щыпсэу муслъымэнхэр Оренбург дэт муслъымэн IуэхущIапIэм и жьауэ щIэбгъэувэным. Апхуэдэ унафэ къащтэпауэ щытми, игъащIэм къэхъуакъым бгырысхэр Уфа къалэм нэс кIуэуэ я муслъымэн Iуэху щызэхагъэкIыу.
Къэбэрдей П. зэрыжиIэмкIэ, ар Тэрч, Псыжь областхэм ис муслъымэн мелуан ныкъуэм нэсым яфI къызэрыкIын Iуэхукъым, Псыжь областым и муслъымэнхэм Кавказ Ищхъэрэм и дин IуэхущIапIэ щхьэхуэ яIэныр нэхъ игъуэщ.
КъинэмыщIауэ, абы фIэкъабылщ къэралым и ахъшэкIэ Тэрчкъалэ (Владикавказ) муслъымэн еджапIэ къыщызэIуахыныр: «щIэныгъэ зиIэ молэхэр ягъэхьэзырын папщIэ, динми цIыхубэ хабзэми мыхьэнэ щызиIэ щIэныгъэ къудамэхэм хьэрыпыбзэрэ анэдэлъхубзэкIэ щрагъаджэу, урысыбзэри зрагъащIэу». Зи бжыгъэр куэд мыхъу интеллигенцэр абы къыхуреджэ щIэныгъэ зиIэ гъунэгъухэм къакIэрымыхун папщIэ динми дунейми щыщхьэпэ щIэныгъэм зегъэубгъуным къару халъхьэну.
«Муслъымэн» газетым къытрыригъэдзам хуэдэ дыдэу, мы тхыгъэми къэбэрдей адыгэхэр «щIэныгъэ зиIэ гъунэгъухэм къазэрыкIэрыхур» игу къызэреуэр къыхощ.
Езыр зыщыщ Бабыгуей щекIуэкI щIы Iуэхухэм фIыуэ зэрыщыгъуазэми тхыгъэм къыщыхьа гупсысэхэр зэрызэтехуэми зы шэчи къытрыуагъэхьэркъым «Къэбэрдей П.» унэцIэр Куэцэ Пщымахуэ и псевдониму (цIэ-унэцIэ нэпцIу) зэрыщытам.
Къэбэрдей П. и къалэмыпэм къыщIэкIащ нэгъуэщI лэжьыгъэхэри: «Адыгэхэмрэ армэ дэкIынымрэ», «Бгырыс бзылъхугъэхэм сакъыщхьэщыжу», «Муслъымэн Iуэхур хамэ къэралым укъиплъу зэрыплъагъур», «Налшык округым». А псоми Къэбэрдейм щызекIуэ гъащIэр лъэныкъуэ зэхуэмыдэхэмкIэ къыщыгъэлъэгъуащ.
Куэцэхэрэ шы Iуэхумрэ
Куэцэ Пщымахуэ зыхэта жылагъуэ Iуэхухэр и гъащIэ тхыдэм IупщIу къыхощ. КъулыкъукIэ ар Екатеринодар къалэм епхауэ къекIуэкIами, Къэбэрдейм пэIэщIэ дыдэу зэи щытакъым. Пщымахуэ лIыкIуэу хэтащ 1910 гъэм и шыщхьэуIум екIуэкIа Урысей шыхъуэхэм я съездми.
КъызэгъэпэщакIуэхэм пщIэ яхуищIу, Куэцэм и псалъэр Къэбэрдейм ис шыхъуэхэм къабгъэдэкI фIэхъус-сэламкIэ иришэжьат. ЖиIа псоми и купщIэт Урысейм и шыхъуэхэм я съездым къэбэрдей шы лъэпкъым хуэфэщэн гулъытэ хуищIыну гугъэ зэриIэр. Съездым и зэхуэсхэм я зым Пщымахуэ къэбэрдей шы зехуэкIэм убгъуауэ щытепсэлъыхьащ, абы къыхилъхьа Iуэхугъуэ зыбжани съездым къищта унафэхэм хагъэхьащ.
Куэцэр жану зыхэтар цIыхубэ Iуэхухэм я закъуэкъым, атIэ къыщалъхуа къуажэм и гъащIэр ефIэкIуэнми хэлэжьыхьащ. А лъэныкъуэмкIэ мыхьэнэшхуэ иIащ 1914 гъэм екIуэкIа къуажэ зэхуэсым. Дэфтэр гуэрым дыкъыщоджэ: «Налшык округым и япэ Iыхьэм хыхьэ Бабыгуейм и япэ зэхуэсым къуажэ старшынэ Пщымахуэ Хъызыр дзыхь зыхуищI уэчылым и къуэдзэ Куэцэ Пщымахуэ съезд екIуэкIынум и лIыкIуэу хихащ».
Гу лъытапхъэщ Куэцэ Пщымахуэ шы куэд зезыхуэ шыхъуэ ехьэжьауэ щытауэ къызэралъытэр зэрымыпэжыр. Пщымахуэ къэрал къулыкъущIэт, кавказ интеллигенцэм и вагъуэ лыдт, щIыналъэм нэхъ юрист Iэзэу исхэм язт, ауэ шыхъуэу щытар абы и адэ ТIэмашэщ. Куэцэ ТIэмашэ «хуэмыбжыж мылъкум» и гугъу пщIымэ, ари фIыуэ щIэгъэтхъа Iуэхущ. Iуэхур зыIута дыдэр жыпIэмэ, пасэ зэманымрэ етIощIанэ лIэщIыгъуэмрэ шыхъуэ цIэрыIуэу лъэпкъым хэта Тамбийхэ, Трамхэ, къинэмыщIхэри текIуэтри, абыхэм я пIэ Шалбарыр, Лафыщыр, Куэцэр къызэриувар арат.
1903 гъэм Куэцэ ТIэмашэ шыщхьэ 342-рэ иIэт, Инал къуажэм щыщ прапорщик Шалбар ХьэкIашэ - 376-рэ.
1917 гъэм гъатхэпэм и 6-м Бабыгуей къуажэм и старшынэ Куэцэ Хъызыр Налшык округым и унафэщIым шы гъэхъун Iуэхур и къуажэм зэрыщекIуэкIым теухуауэ хъыбар щригъащIэм, Куэцэ ТIэмашэ-хьэжым шыбзу - 67-рэ хакIуэу 11-рэ зэриIэм и гугъу ещI.
Экономикэм къыщыхъуа зэхъуэкIыныгъэхэм къэгъазэ имыIэжу къэбэрдейхэм я шыхъуэ Iуэхухэр къыщызэпиудым, шыхэм я бжыгъэм хэщIат. А зэман дыдэм ирихьэлIэу я уасэр дэуеят. Дэфтэрхэм къызэрыхэщымкIэ, аращ щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэ хуэхъуар шы гъэхъуным къыдэкIуэу, «дзэм шы
щыхузэрагъэпэщкIэ, мылъкушхуэ зезыгъакIуэ Куэцэм, Мыдым щэн-къэщэхуэн IуэхукIэ зыпащIэу щIыщытар». Гу лъытапхъэщ шы куэд зезыхуэу щыта Куэцэ ТIэмашэ экономикэм здиунэтIа гъуэгущIэм Iэмал къызэрыхуигъуэтыфам.
Езы Куэцэ Пщымахуэ адыгэш гъэхъуным зэрыхэлIыфIыхьам и гугъу пщIымэ, ар нэхъыбэу шы лъэпкъым и пщIэр гъэIун, ар зехуэн Iуэхур хабзэкIэ пхыгъэкIыныр аращ.
Пщымахуэ 1905 - 1910 гъэхэм Бытырбыху зэрыщеджам, 1910 - 1917 гъэхэм хейщIапIэм къулыкъу зэрыщызэрихьэм къыхэкIкIэ Екатеринодар щыпсэууэ икIи щылажьэу зэрыщытам ущыгъуазэмэ, узыхуэкIуэр а гупсысэхэращ.
ЦIыхубэ ущиякIуэ
Куэцэ Пщымахуэ цIыхубэ Iуэхур дэгъэкIынымкIэ къигъэлъэгъуа хэлъэтыр Кавказ Ищхъэрэм революцэмрэ граждан зауэмрэ я зэманым наIуэ къэхъуащ.
1917 гъэм и гъатхэпэм и етIуанэ Iыхьэм Пщымахуэ Къэбэрдейм къэкIуэжат. Апхуэдэу щIыхуэдгъэфащэм щхьэусыгъуэ иIэщ. 1917 гъэм гъатхэпэм и 5 - 6 махуэхэм Владикавказ щекIуэкIа, бгырыс интеллигенцэм и зэхуэсым ар хэтакъым, Кавказ Ищхъэрэмрэ Дагъыстэнымрэ я Бгырыс зэгухьэныгъэм пIалъэкIэ игъэува Комитет нэхъыщхьэм хахахэми ящыщкъым.
Ауэ ар хахащ гъатхэпэм и 27-м къэунэхуа Налшык округым и Жылагъуэ гъэзэщIакIуэ комитетым. КъинэмыщIауэ, Къэбэрдеишхуэм, Джылахъстэнейм, бгырыс лъэпкъ зэгухьэныгъэхэм лIыкIуэу къагъэлъэгъуа нэрыбгэ 32-м язу Куэцэр хэтащ накъыгъэм и 1-9-хэм екIуэкIа, Кавказ Ищхъэрэмрэ Дыгъыстэнымрэ я Бгырыс съездым. Пщымахуэ абы и лэжьыгъэм жан дыдэу хэлэжьыхьащ, щIэрыщIэу хахыжа Комитет нэхъыщхьэми хагъэхьащ.
1917 гъэм накъыгъэм и 18 - 20-хэм Владикавказ Тэрч областым и лIыкIуэхэм я зэхуэс щекIуэкIащ. Зэхуэсым къыщащтат «Тэрч областым зэманкIэ и щхьэ Iуэху зэрызэрихуэжынум» теухуа унафэ. Тэрч областым и унафэщI къалэнри хуитыныгъэри зэрыщыту ГъэзэщIакIуэ комитетымрэ областым и комиссарымрэ я IэмыщIэ иралъхьат, областым и комиссарым ищI унафэхэр гъэзэщIакIуэ комитетым ечэнджэщурэ къищтэн хуейуэ. А съездым уэчылым и къуэдзэ Куэцэ Пщымахуэ Тэрч областым и ГъэзэщIакIуэ комитетым и унафэщIу щыхахауэ щытащ.
А зэман дыдэм ирихьэлIэу мэкъумэшыщIэхэм, сэлэтхэм, рабочэхэм я лIыкIуэхэм я Советхэр къызэфIэувэрт. Псоми хуэмыдэу а Iуэхур щIэхуэбжьащ Корниловыр зи пашэ зэщIэхъееныгъэм и ужькIэ.
Корниловымрэ
Бгырыс республикэмрэ
Корниловыр къежьауэ зэрызэхахыу, 1917 гъэм шыщхьэуIум и 28-м Тэрч областым и рабочэхэмрэ совет депутатхэмрэ икIэщIыпIэкIэ съезд зэхуашэсат, революцэр къегъэлынымкIэ комитетым и пашэ Скрынников С. и унафэщIу. Адрейхэм я гъусэу а комитетым Куэцэ Пщымахуи хыхьат.
А махуэ дыдэм Куэцэр зи унафэщI, областым и ГъэзэщIакIуэ комитетым щекIуэкIа зэхуэсым унафэ къыщащтащ: «Хуитыныгъэм щIэбэн адрей зэгухьэныгъэхэм я гъусэу, революцэр кърагъэлын папщIэ зыхуэпIащIэ Iуэхухэр Комитетым и Президиумым и пщэ дэлъхьэн». Абы къегъэлъагъуэ Корниловым и Iэуэлъауэр къыщыхъея зэман гугъум Куэцэр Тэрч областым мамырыгъэм щыщIэбэнахэм зэрахэтар.
Дэтхэнэ зы зэгухьэныгъэми цIыхухэр къигъэдэIуэну хэту, кIуэ пэтми политикэри, экономикэри, цIыхубэ гъащIэри щызэхэзэрыхьым, Комитетым и унафэщIхэм я Iуэхур «зыбгъэхъеинкIэ Iэмал иIэтэкъым» жыхуаIэм хуэкIуащ. 1917 гъэм жэпуэгъуэм и 20-м Тэн, Псыжь, Тэрч, Iэщтырхъан щыщ къэзакъхэр, Кавказымрэ Дагъыстэнымрэ щыщ бгырысхэр, нэгъуейхэр, къалмыкъхэр, Iэщтырхъанрэ Ставрополрэ я Iэхэлъахэм щыпсэу бруклинхэр, адрей лъэпкъхэри яхэтыжу зэхыхьэхэри, «Къэзакъхэм я ипщэ-къуэкIыпIэ зэгухьэныгъэ» жыхуаIэр къэунэхуащ.
А Зэгухьэныгъэм и мурад нэхъыщхьэр Кавказ лъэпкъхэр зэрыхуа политикэ щытыкIэ гугъум кърашынырт. Абы Кавказ Ищхъэрэм (Дагъыстэныр хэмыту) щыпсэу бгырысхэм я лIыкIуэу Джабагиев Вассан-Джэрийрэ Куэцэ Пщымахуэрэ хэтащ.
Совет властыр Кавказым
щытекIуа нэужь
1917 гъэм и жэпуэгъуэм революцэр Петроград щытекIуэу къэралым зыщиубгъун щIидза нэужь, Кавказ Ищхъэрэр зэрыт щытыкIэр нэхъ гуащIэ хъуат. Абы и щхьэусыгъуэкIэ Бгырыс зэгухьахэм я союзым Iуэхум зэрызихъуэжам ипкъ иткIэ унафэщIэ къамыщтэу хъунутэкъым. Областым и ГъэзэщIакIуэ комитетым и унафэщI къалэным мыхьэнэ иIэжтэкъым. Ипщэ-КъуэкIыпIэ зэгухьэныгъэми къэрал унафэ хузехьэн хуэдэу зыкъигъэлъэгъуэфатэкъым. ИпэжыпIэкIэ Кавказ Ищхъэрэр унафэншэу къэнат. Абы къыхэкIыу Бгырыс зэгухьэныгъэм и Комитет нэхъыщхьэм езым щыщхэм къахихри, 1917 гъэм и щэкIуэгъуэм Бгырыс тетыгъуэ къызэригъэпэщащ.
Тетыгъуэм и нэхъыщхьэу Бгырыс зэгухьэныгъэм и унафэщIу щыта Чермоев Абдулмэжид трагъэуващ; къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру Куэцэ Пщымахуэ хахащ, Бамматов Гайдар - хамэ къэрал IуэхухэмкIэ министру, Джабагиев Вассан-Гирей - мылъку IуэхухэмкIэ министру ягъэуващ.
А зэман дыдэм ирихьэлIэу Тэрч-Дагъыстэн тетыгъуэ зэгухьа къызэрагъэпэщри, цIыхубэм я мамырыгъэ Iуэхухэр Куэцэ Пщымахуэ и пщэ далъхьэ. Тэрч областымрэ округымрэ щыщ комиссархэм, комитетхэм, къалэ унафэщIхэм, гъущI гъуэгу лэжьакIуэхэм, милицэм мамырыгъэр хъумэн IуэхукIэ Пщымахуэ зэрызахуигъэза дэфтэрхэм къагъэлъагъуэ абы хабзэмрэ мамырыгъэмрэ цIыхубэ гъащIэм хэпщэнымкIэ зэфIэкIышхуэ зэрыбгъэдэлъар. Куэцэм Iулыджышхуэ зэриIам и щыхьэтщ Налшык округым ис адыгэхэми, балъкъэрхэми, урысхэми ар Учредительнэ собранэм лIыкIуэу зэрыхахар.
1918 гъэм Тэрч областым Совет властыр щытекIуа нэужь, Бгырыс зэгухьахэм я союзым и нэхъыщхьэхэр Iуэхум нэхъ ерыщу тегушхуахэщ. Чермоев Абдулмэжид зи пашэ лIыкIуэхэр 1918 гъэм накъыгъэм и 11-м Батуми кIуа нэужь, абы щекIуэкIа конференцым и утыкум Бгырыс (Кавказ Ищхъэрэ) республикэр щхьэхуиту ягъэIуащ. А конференц дыдэм Бгырыс республикэм Уэсмэн къэралыгъуэм и тетыгъуэмрэ Нэмыцэ (Герман) къэралыгъуэм и тетыгъуэмрэ зэгурыIуэныгъэкIэ ябгъэдэуващ. Уэсмэн правительствэм Бгырыс республикэр зэрыщхьэхуитыр къабыл ищIащ, Герман республикэр абыкIэ арэзы хъуакъым.
Бгырыс республикэ
щхьэхуит
Бгырыс республикэр щхьэхуиту ягъэIуа нэужь, Правительствэм и унафэщIу ягъэува Чермоев Абдулмэжид Константинополь къикIыжри Тифлис къыщыувыIат. ГъэзэщIакIуэ комитетым щыщхэу абы и деж кIуахэт къэбэрдей адыгэ Куэцэ Пщымахуэрэ ингуш Джабагиев Вассан-Джэрийрэ. Ахэр абдеж дыдэм Бгырыс республикэм и министрхэу ягъэувахэщ. Чермоевым и Правительствэм министру щылэжьэху, Куэцэр жану къэрал щIыб политикэ Iуэхухэм яужь итащ. Псалъэм папщIэ, Германиер республикэщIэм IэщэкIэ къыдэIэпыкъун папщIэ Пщымахуэ фон Крейс гурыIуэну хэтащ.
1918 гъэм и гъэмахуэмрэ бжьыхьэмрэ къыщыхъуахэм тепсэлъыхьыжу Куэцэ Пщымахуэ етхыж: «Хабзэншагъэмрэ унафэншагъэмрэ ди щIыпIэхэм къэса нэужь, къызгурыIуат дэ ди къарукIэ Iуэхур зэрытхузэмыгъэзэхуэжы нур. А зэманыр зэрыщыту тедгъэкIуэдащ дэIэпыкъуэгъу тхуэхъун къару къэдгъуэтыным. Къэдгъуэта дэIэпыкъуэгъухэм щхьэж езым и Iуэху зэрахуэжырт, ауэ зэрахузэфIэкIкIи къыддэIэпыкъухэрт. Хуэмурэ зы гупыр текIуэтри, нэгъуэщI гуп къытеуващ. Лъым щIигъэна Къэбэрдейм сихьэну Iэмал сыщылъыхъуэ дыдэм ирихьэлIэу, инджылыз унафэщIхэм унафэ къызэдэтщтэн папщIэ Баку сраджащ».
Лъэныкъуэхэм 1918 гъэм щэкIуэгъуэм и 26-м зэпсэлъэн щIадзащ. А зэIущIэм Инджылыз тепщэгъуэм къабыл щищIащ Бгырыс республикэр зэрыщхьэхуитыр, ауэ пыухыкIа унафэр къащтэну Париж щекIуэкIыну мамырыгъэ конференцым ягъэIэпхъуэри, Куэцэ Пщымахуэ ПравительствэщIэ зэгухьа иухуэн хуейуэ къыхуагъэуващ. Пщымахуэ ар захуагъэу къызэрилъытэр жиIащ, ауэ Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъхэм я унафэ хэмылъу апхуэдэ пщэрылъ къищтэну арэзы хъуакъым. Дыгъэгъазэм и 18 - 22-хэм Темырхъан-Шурэ щекIуэкIащ Дагъыстэным, Шэшэным, Осетием къикIа лIыкIуэхэмрэ къэбэрдей адыгэ зыбжанэрэ зэкIуэлIа Зэхуэс. А Зэхуэсым Чермоевыр зэрытекIыр къабыл ищIри, унафэр Куэцэ Пщымахуэ IэщIилъхьащ. Абы ипкъ иткIэ Куэцэм и Правительствэм дэлэжьэну инджылыз къэралыгъуэм и унафэкIэ полковник Роуландсон зи унафэщI зауэлI гуп къаутIыпщащ.
(КъыкIэлъыкIуэнущ).
Трабзон къалэм (Тырку Республикэ) щекIуэкIа конференцым хэтахэм я сурэт. Ику итыр Куэцэ Пщымахуэщ. 1918 гъэ
Куэцэ зэкъуэшхэр: Аслъэмырзэ (нэхъыжьыр, щысщ), Пщымахуэ (сэмэгумкIэ щытщ), Исмэхьил. 1915 гъэ
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1987.txt"
} |
Азербайджан таурыхъхэр
Пащтыхьымрэ и къуэмрэ
Пасэ зэманым пащтыхь нэпсей икIи бзаджэ псэурт. Абы бын иIэтэкъым.
Зэгуэрым жэщым ар йопщIыхь къэхъун-къэщIэнухэр зылъагъум епсалъэу.
- КъэдаIуэт, пащтыхь, бын узэримыIэм узэрыринэщхъейр солъагъу. Ауэ, зэгъащIэ, щIэблэ къыпщIэхъуэм ущыгуфыкIынукъым, - къыжриIащ абы.
- Сыт сыщIэмыгуфIэнур? – щIоупщIэ пащтыхьыр.
- ПщIар бгъуэтыжынщ. ЦIыхубэр гугъу ебгъэхьащи, уи къуэм гугъу уригъэхьыжынущ. А пщIыхьэпIэм иужькIэ мазибгъурэ махуибгъурэ дэкIа нэужь, и щхьэгъусэм щIалэ къыщIэхъуащ. ЩIалэ цIыкIур и бгым адэкIэ блэуэ, и щхьэмкIэ цIыхуу къалъхуащ. Пащтыхьым ар къыщищIам хуабжьу жагъуэ щыхъуащ. Жылэ сабийр мазэкIэрэ, илъэскIэрэ хэхъуэ щхьэкIэ, пащтыхьыкъуэр сыхьэт бжыгъэкIэ хэхъуэрт икIи илъэс зы-тIум ар илъэс пщыкIуий ныбжьым ит щIалэм хуэдиз хъуащ.
Зэгуэрым адэм и гъуэгур къуэм зэхуищIри жриIащ:
- Си адэ, Рум пащтыхь гуащэм и пхъур щхьэгъусэу къысхуэшэ. Фыз къэсшэну мурад сщIащ.
- ТхьэмыщкIэ, хэт уэ къыбдэкIуэнур?
- Зыри сщIэну сыхуейкъым, - жеIэ къуэм. - Махуищым къриубыдэу румын пащтыхь гуащэм и пхъур си щхьэгъусэ мыхъумэ, узукIынущ.
Пащтыхьыр къэгузэващ. И визирымрэ и чэнджэщэгъумрэ къриджэри, къадэIэпыкъуну захуигъэзащ.
Хъыджэбз къыхуагъуэту, румын пащтыхь гуащэм ипхъу нэпцIу къыщIрагъэдзыну зэгурыIуащ.
Мыгувэу пащтыхьыр и къуэм еджащ:
- Пщэдей хьэгъуэлIыгъуэщ.
Къуэм адэм къыхуегъэув:
- ХьэгъуэлIыгъуэм тхьэмыщкIэ, лей зылъыса псори къебгъэблагъэу бгъэхьэщIэн, саугъэти яхуэпщIын хуейщ. Апхуэдэу умыщIмэ, узгъэпсэунукъым.
Пащтыхьыр шынэри, и мылъкум и зэхуэдитIыр хьэгъуэлIыгъуэм тригъэкIуэдащ. Хъыджэбз къагъуэтри, гурыIуащ румын пащтыхь гуащэ зыфIищыну, жэщым щIалэ блэр иукIыну. Хъыджэбзыр арэзы щыхъум, хьэгъуэлIыгъуэр ирагъэжьащ. Жэщищ-махуищкIэ пащтыхьым и унафэм щIэтхэр хьэгъуэлIыгъуэм хэтащ икIи дэтхэнэми саугъэт хуащIащ. Ещанэ махуэр и кIэм щынэблагъэм хъыджэбзыр щауэм и деж яшащ. Жэщым ар иукIын мурад зэриIэр пащтыхьыкъуэм къыщищIэм, хъыджэбзым едзакъэри, къелакъым.
Пщэдджыжьым къэхъуар къыщищIэм, пащтыхьыр къэгузэвауэ кIэзызырт. Къуэм адэм жриIащ:
- Иджы Китай пащтыхьыпхъур щхьэгъусэу къысхуэшэ. Армыхъумэ, уэри укъемылыну сынодзэкъэнщ.
Пащтыхьыр и къуэм сыт хуэдизу емылъэIуами, блэм хэзагъэртэкъым.
Аргуэру пащтыхьым хъыджэбз къигъуэтри, япэрейм хуэдэу игъэсащ. И къуэм жриIащ:
- Пщэдей хьэгъуэлIыгъуэщ.
Къуэм аргуэру адэм къыхуегъэув:
- Псори хьэгъуэлIыгъуэм къебгъэблэгъэнщ, иджырейр жэщибл-махуиблкIэ екIуэкIынущ. Аргуэру хьэщIэ псоми саугъэтхэр яхуэпщIынщ.
Пащтыхьым зэрымыарэзыр жиIэн шынэри, къыхуэнэжа мылъкур хьэгъуэлIыгъуэм тригъэкIуэдащ. Жэщым, хьэгъуэлIыгъуэ нэужьым, щIалэм хъыджэбзыр иукIащ.
Махуэ зыбжанэ дэкIа нэужь, пащтыхьым и гъуэгур къуэм аргуэру зэпиупщIащ:
- Уи мурад фIейхэр къэсщIащ. Къысхуэбгъуэта хъыджэбзхэр зыри пащтыхьыпхъутэкъым. Аращ ахэр щIэзукIари. Иджы Индием я пащтыхьыпхъур къысхуэпшэнщ. Иджырей хьэгъуэлIыгъуэр махуэ плIыщIрэ жэщ плIыщIкIэ екIуэкIынущ.
Пащтыхьым быдэу къыгурыIуащ мы зэм и къуэм и хъуэпсапIэр хуимыщIэмэ, лIэныгъэм къызэремылынур. Пащтыхьым къыхуэна мылъкур зэрыщыту зэщIикъуэри, Индием и пащтыхьыпхъур къыхуишащ. Дыщэ, дыжьынхэкIыу иIэр тхьэмыщкIэхэм яхуиугуэшри, зыри къыхуэнэжакъым.
ХьэгъуэлIыгъуэ нэужьым пащтыхьым и напIэр зэтрилъхьакъым, иджыри блэм нысащIэр зэриукIынум егупсысырт. Пащтыхьыр гузавэрт Индием и пащтыхьым жэуап иритынкIэ хуей зэрыхъунум. Абы и цIыхухэр игъэIущауэ блэмрэ нысащIэмрэ якIэлъигъэплъырт. Жэщым блэр щIалэ екIу хъужащ. Пащтыхьым и цIыхухэм ар псынщIэу жраIэжащ. Пащтыхьыр абы щыгуфIыкIащ. Пщэдджыжьым и къуэм еджэри жриIащ:
- Сыт си къуэ, апхуэдиз мыхъумыщIагъэ къыщIызэпщIар, си мылъкур зы къэмынэу щIысфIэбгъэкIуэдар?
- Псори гурыIуэгъуэщ, си адэ. ЦIыхубэм къафIэбдыгъуар зейм естыжащ, абыхэм я фIыщIэм къыпэкIуэу сэ цIыху теплъэм сихьэжащ.
Щхьэгъусэ Iущ
Зэщхьэгъусэхэр псэурт. ЗэгурыIуэ-зэдэIуэжу, псалъэ мыхъумыщIэ зэпамыдзыжу къызэдекIуэкIырт. ЛIыр пщэджыжьым щыщIэдзауэ пщыхьэщхьэ хъуху губгъуэм щылажьэрт, фызыр апщIондэху цы зэIуищэрт, унэр зэщIикъуэрт. Къуажэдэсхэр цIыхубзым и акъылыфIагъэм ехъуапсэрт. Псори абы щытхъурт. Махуэхэр, мазэхэр, илъэсхэр кIуэурэ бзылъхугъэм и зэфIэкIыр дэнэ щIыпIи щызэлъащIысащ. Зэгуэрым а бзылъхугъэм тепсэлъыхьу зэхихащ къуажэ Iэтащхьэм и щхьэгъусэм икIи зэгуэпащ: «Сыт ар сэ къызэрызэфIэкIыр, псоми я щытхъу абы къызэрилэжьар. СылIэми, ар къэзгъуэтынщи, сеплъынщ». Къуажэ Iэтащхьэм и щхьэгъусэр куэдрэ пэплъащ унэм къыщIыщIэкIыну щхьэусыгъуэ къылъыкъуэкIыным. Зэгуэрым и щхьэгъусэр махуэ зыбжанэкIэ къалэм IуэхукIэ кIуауэ ирихьэлIащ. Ар унэм щIэкIыну хунэмыс щIыкIэ, фызым тхьэмыщкIэу зихуапэри, цIыхубзым и лъыхъуакIуэ ежьащ. Зы унэм екIуалIэм, къыIукIыжым къыкIэлъыкIуэм цIыхухэм щыщIэупщIэурэ къигъуэтащ. Къуажэ Iэтащхьэм и щхьэгъусэм тхьэмыщкIафэ зытригъауэри, куэбжэм теуIуащ икIи елъэIуащ. Бзылъхугъэ гуапэм тхьэмыщкIэм ахъшэ иритри, и лэжьыгъэм пищэжащ. къуажэ унафэщIым и фызыр пщIантIэм щыдэплъэм елъагъу цIыхубзыр дыгъэ къэплъам зэрыхэсыр, цы зэIуищэу, гъунэгъуу щIакхъуэ бзыгъэрэ дыгъэм къигъэхуэба псырэ къызэрыбгъэдэтыр.
- Си шыпхъу, сыт дыгъэм ущIыхэсыр, жыг жьауэм и лъабжьэм ущIэмысу? – щIэупщIащ къуажэ унафэщIым и щхьэгъусэр.
- Си щхьэгъусэр иджыпсту дыгъэ гуащIэм хэту губгъуэм гуэдз къыщех, - жиIащ цIыхубзым. – Абы жьэуапIэ игъуэтыркъым. ЩIакхъуэрэ псырэ фIэкIа ишхыну иIэкъым. Абы нэхърэ сэ сынэхъыфI? Ар гугъу зэрехьым сыхуэдэщ сэри. НэгъуэщIу къызгурыIуэнукъым си щхьэгъусэр гугъу зэрехьыр. Си щхьэгъусэм сызэрыхуэпэжыр щилъагъукIэ, нэхъри дызэгуроIуэ.
- Си шыпхъу, си щхьэгъусэри апхуэдэу къысхущытын папщIэ чэнджэщ къызэт, - елъэIуащ къуажэ Iэтащхьэм и щхьэгъусэр цIыхубзым. И Iущагъэр игъэунэхуну и ужь ихьащ.
- Аслъэным и щхьэц зыбжанэ къысхуэпхьмэ уезгъэсэфынущ, - жиIащ бзылъхугъэм.
А махуэм щыщIэдзауэ къуажэ Iэтащхьэм и щхьэгъусэм аслъэн къилъыхъуэрт икIи и ужьым пащтыхьым и псэущхьэхэм яхэту къигъуэтащ. ГъущI хъарым ис аслъэн шынагъуэр щилъагъукIэ мэкIэзыз. ЦIыхубзыр куэдрэ гупсыса нэужь, аслъэнхэр махуэ къэс игъэшхэну мурад ещI. Махуэм тIэу-щэ аслъэныр игъэшхэну кIуэрт, шынагъэр къытекIуэми, гъущI хъарым иIэбыкIыурэ и шхыныр иритырт, и псыр зэрихъуэкIырт, и кIапэмрэ и дзажэхэмрэ едэхащIэрт. Зэман дэкIа нэужь ар нэхъ тегушхуэри, аслъэным и щхьэм едэхэщIащ. Аслъэным ар къицIыхуж хъуащ. Зэгуэрым, аслъэным и щхьэм едэхащIэурэ, цищ къыхичащ. Къуажэ Iэтащхьэм и щхьэгъусэр бзылъхугъэм и деж кIуэри, аслъэным и цищыр иригъэлъэгъуащ.
- Дауэ пхузэфIэкIа апхуэдэ псэущхьэ бзаджэм и цыр къыхэпчыну? – щIэупщIащ цIыхубзыр.
- Къуажэ Iэтащхьэм и щхьэгъусэм жиIащ аслъэным ицхэр къыхичын папщIэ зэрыхущытар.
- Си шыпхъу, уи щхьэгъусэм и деж кIуэжи, аслъэным узэрыхущытам хуэдэу бгъэдэт. ИтIанэ фи унагъуэм зэгурыIуэ илъынущ, - жиIащ цIыхубзым.
Абы лъандэрэ бзылъхугъэм кърита чэнджэщыр къуажэ Iэтащхьэм и щхьэгъусэм къегъэсэбэп икIи быдэу и фIэщ хъуащ ар зэрыакъылыфIэр.
Тхьэмадэмрэ аслъэнымрэ
Зы нэхъыжь и къуэм и гъусэу мэзым пхъашэ кIуащ. Абыхэм яхуэзанщIэу аслъэн къакIуэрт.
- Сыту сехъулIа, - кIиящ аслъэныр, - тхьэмахуищкIэ зыри сшхакъым, иджы тIури фысшхынщи, си ныбэр из хъунщ.
Къуэр шынэри, къэкIэзызащ.
- Си адэ, сыт иджы тщIэнур? Аслъэным дишхынущ.
- Умышынэ, си къуэ, иджыпсту есхужьэжынщ ар, - жиIащ адэм.
- Сыт уэ зи ныбжь хэкIуэтам аслъэн къарууфIэм пхуещIэнур? - щIэупщIащ къуэр.
- Нэхъыщхьэр къаруракъым, - жеIэ тхьэмадэм. - Нэхъыщхьэр акъыл жанагъырщ. Акъылыр бгъэлажьэмэ дэтхэнэ зы псэущхьэ къарууфIэми утекIуэнущ. Еплъыт иджыпсту сэ абы есщIэм.
- Тхьэмадэм джыдэр дрихьейри, аслъэным хуэкIуащ.
- Дапщэрэ аслъэн къэзукIыну и ужь сихьа, ауэ зэи къызэхъулIакъым. Иджы езыр-езыру къысхуэкIуащ. Иджыпсту узукIынщи, унэм усхьыжынщ. МахуищкIэ уи лым дрикъунущ, - жиIэрт нэхъыжьым.
- СыбукIыну сыт хуэдэ къару убгъэдэлъыр? - жиIащ аслъэным.
- Си къарум шэч къыщытепхьэкIэ зыр адрейм дыгъэгъэунэху. Нэхъ мыхьэнэншэр къарууфIэм жиIэм арэзы тохъуэ.
Аслъэныр абы арэзы техъуащ. Тхьэмадэм мывэ къищтэри, аслъэным хуишиящ.
- Сэ схуэдэу ущыкъарууфIэкIэ, мы мывэр къуз, псы къыщIэжыху, - жиIащ нэхъыжьым.
Аслъэным мывэр икъузри, щыкъуей хъуащ, ауэ псы къыщIэжакъым.
Тхьэмадэм и хъуржыным щэхуу джэдыкIэ кърихщ, мывэ къиIэтри, икъузащ и Iэпхъуамбэ зэхуакухэмкIэ псы къыдэжу.
- Плъагъурэ, сэ мывэм псы къыщIэсхуащ, - жиIащ тхьэмадэм.
Аслъэным игъэщIэгъуащ тхьэмадэр зэрыкъарууфIэр икIи щышынэри, арэзы хъуащ и жьауэм щIэувэну. Абы лъандэрэ нэхъыжьым зыхуейр аслъэным ирегъащIэ.
Зэгуэрым тхьэмадэм пхъэ къишэну мэзым кIуат. Сыт хуэдизрэ емылIэлIами, зы жыг цIыкIу къыхуиудыртэкъым. Езэшауэ лъэныкъуэ IукIуэтащ зигъэпсэхуну. Аслъэныр жыгым бгъэдыхьэри, тыншу и лъабжьэр къыхитхъащ.
- Нэхъыжь, сэр нэхърэ унэхъ къарууфIэу жыпIащ. Мы жыг цIыкIур дауэ къызэрыпхуимычар? – игъэщIэгъуащ аслъэным.
Тхьэмадэм къыгурыIуащ аслъэным зэребзэджэкIар къызэрищIар. Iэнкун мыхъуу абы жиIащ:
- Уэй, аслъэн, сынобзэджэкIмэ, жыгыр къыпхухэчрэ къыпхухэмычрэ зэхэзгъэкIын папщIэ. Махуэ зыбжанэ хъуащ дгъэтIылъа ерыскъыпхъэхэр зэрыдухрэ, иджыри аслъэным сещэкIуэну зызогъэхьэзыр. Аслъэн шыр зыщыплIым дрикъуну къыщIэкIынщ. Абы щыгъуэ сызэрыкъарууфIэр уи фIэщ хъуну къыщIэкIынщ.
Аслъэныр шынэщ, зэщIэкIэзызэри, егупсысащ, нэхъыжьым и щакIуэр къемыхъулIэмэ, езыр зэришхынум. Псэу щIыкIэ щIэпхъуэмэ зэрынэхъыфIыр къыгурыIуащ. Ар жэщым щIэпхъуэри, мэз Iувым зыхигъэпщкIуащ икIи бажэ къажэу къыхуэзащ.
- Сыт бажэ, щхьэ къэбжыхьрэ? - щIэупщIащ аслъэныр. - Нэхъыжьыр къакIуэу ара?
- Сыт хуэдэ нэхъыжь? - игъэщIэгъуащ бажэм.
Аслъэным бажэм жриIэжащ нэхъыжьым мывэм псы къызэрыщIихуар, аслъэнхэм зэрещакIуэр, езыми и тет зэрыхъуар. Бажэр дыхьэшхащ:
- Сыту уакъылыншэ, нэхъыжьым укъигъэпцIащ, дэнэ абы къару къыздрихынур. Зэ укIиймэ, тхьэмадэр шынэнурэ, и гур щIэпхъуэжынущ. А нэхъыжьым и деж дыгъакIуи, дыгъэукI.
Аслъэныр бажэм и гъусэу кIуащ. Тхьэмадэм жыжьэу къилъэгъуащ аслъэнымрэ бажэмрэ икIи къыгурыIуащ бажэм аслъэным псори къызэрыгуригъэIуар, мы зэми зыгуэр къимыгупсысыжмэ гузэвэгъуэм зэрыпэмылъэщынур. Нэхъыжьыр жыжьэу кIиящ:
- Напэ зимыIэ бажэ, аслъэн пшэр къысхуэпшэну къалэн пщысщIатэкъэ, аргуэру къысхуэпшар уэдщ. Ягъэ кIынкъым, мы зэм мыр сшхынщ, ауэ иджыри зэ апхуэдэ къызэпщIэмэ уи фэр тесхынщ.
Аслъэным нэхъыжьым и псалъэхэр щызэхихым бажэм ар гъэпцIагъэкIэ къишауэ хуигъэфэщащ. ПсынщIэу щIэпхъуэжащ.
- Плъагъурэ, си къуэ, - жиIащ тхьэмадэм, - къарум и закъуэкъым узыхуейр. Нэхъыщхьэр акъылымрэ бзаджагъэмрэщ. Ахэр уиIэмэ - сыт хуэдэ бийми утекIуэнущ.
НатIэм къритхам уфIэкIынукъым
Шахзаде щIалэр щакIуэ кIуащ и назирхэмрэ визирхэмрэ я гъусэу. ХьэкIэкхъуэкIэхэм ещэурэ ар и гъусэхэм фIыуэ къакIэрыхуащ икIи, апхуэдизкIэ жыжьэ IукIуэтати, нэм илъагъужыртэкъым. Абыхэм ялъэщIыхьэжын мурад иIэу зыщиплъыхьым, зэрыгъуэщар къыгурыIуащ: мэз кIыфIыр и гупэщ, губгъуэ хуитыр и щIыбщ: цIыхухэми хьэкIэкхъуэкIэхэми зэхамыутауэ къабзэу.
Абы ихъуреягъкIэ зиплъыхьащ: гъуэгур зы щIыпIэкIи щилъагъуртэкъым. Зы лъэныкъуэмкIэ зидзащ, нэгъуэщI лъэныкъуэмкIэ зыкъидзыжащ - гъуэгуи, лъагъуи, цIыху лъэкъуампIи илъагъуркъым. Абы хэту, кIыфI хъууэ хуежьащ. Шахзаде щIалэр мэзым щIыхьащ. Абы и шыр жыгым ирипхри, езым зигъэпсэхуну етIысэхащ. И хъуржыным къыщигъуэта щIакхъуэмрэ кхъуеймрэ ишхщ, нэмэз ищIри, гъуэлъри жеящ.
КъыкIэлъыкIуэ махуэм, пщэдджыжьым къыщыушам, мэзым къыщхьэщыт Iугъуэм гу лъитащ икIи къыгурыIуащ цIыху псэупIэ гъунэгъуу зэрыщыIэр. Ар псынщIэу къэтэджри, и шыр иIыгъыу зы лъэныкъуэкIэ иунэтIащ, Iугъуэр къыздикIымкIэ. Лъэбакъуэ зытIущ ичауэ, унэ цIыкIум и пащхьэм къихутащ.
И шыр жыгым ирипхри, шахзадер щэхуу унэм щIыхьащ, абы щыпсэур хэтми зригъэщIэну: жынми, цIыхуми, шейтIанми, бзаджащIэми, ныбжьэгъуми, жагъуэгъуми; ауэ унэм зы лIыжь фIэкIа зыри щIэстэкъым. А лIыжьыр тахътэм ист, щхьэнтэм щIэгъэкъуауэ, зы IэмкIэ нэмэз щыгъэ игъажэрт, адреймкIэ - и пащхьэм илъ тхылъышхуэр зэригъэдзэкIырт, зэман-зэманкIэрэ зыгуэрхэр итхыурэ.
- Салам-алейкум, нэхъыжь! - сэлам ихащ шахзаде, - Тхьэр уи дэIэпыкъуэгъущ! Уи шыIэныгъэр Тхьэм пхуигъэбагъуэ икIи ар къыпщхьэпэжын, цIыхухэм тхуэфIын ищI.
- Алейкум-ас-салам, си къуэ! - жэуап къритыжащ лIыжьым шахзадем и сэламым. - Дэнэ укъикIа?
- Мэзым сыщыгъуэщащ, гъуэгур къызэрызгъуэтыжынур сщIэркъым. Уи унэр къэслъагъури, сыкъыщIыхьащ, уи деж зыщызгъэпсэхун папщIэ.
- ХьэщIэр Тхьэм и щIасэщ, си къуэ: тIыси, зыгъэпсэху. Иджыпсту си лэжьыгъэр сухынущи, узгъэхьэщIэнщ, Тхьэм укъыщысхуигъэкIуакIэ. Шахзадер нэхъыжьым пэгъунэгъуу тахътэм деж тIысащ икIи кIэлъыплъащ ар зэрылажьэм.
- Си упщIэр умыгъэщIагъуэ, - зыхуигъэзащ абы нэхъыжьым. - КъызжеIэт, сыт уэ мыбдеж щыпщIэр икIи мы тхылъышхуэм иптхэр?
- Си къуэ, - жэуап итащ нэхъыжьым, - мыбдеж щысщIэмрэ мы тхылъым истхэмрэ уи Iуэху хэлъкъым. Зыгъэпсэхуи, уи гъуэгу теувэжи, нэхъыфIщ.
- Хьэуэ, сытехьэжынукъым, - жиIащ шахзадем, нэхъыжьым и псалъэр и жагъуэ хъуауэ. Мы тхылъым иптхэр къызжумыIауэ сыщIэкIыжынукъым.
- Си къуэ, хьэщIэм и хуитыныгъэм щIумыгъэгъу, - щабэу жиIащ нэхъыжьым.
Ауэ шахзадер шейтIаным и шым тести, лIыжьым кIэрыхъыжьат. Дауэ мыхъуми, абы зригъэщIэну хуейт лIыжьым тхылъым иритхэр.
АпхуэдизкIэ нэхъыжьым елъэIурти, лIыжьыр икIэм-икIэжым, щабэ къэхъури, жиIащ: ШейтIаным и шым ущытесым деж уерыщщ. Мы тхылъым изотхэ цIыхухэм я натIэм къритхар, дэтхэнэми сыт къыпэщылъми.
- Апхуэдэу щыхъуакIэ, - елъэIуащ шахзадер, - уи тхылъым еплъи, къыспэщылъыр къызжеIэ. Нэхъыжьым тхылъыр зэригъэдзэкIырт, и пэм ипсэлъыхьу: «Биссимиллах-ир-рахман-ир-рахьим!», и ужьым и щхьэ тхъуар къиIэтри, набдзэгубдзаплъэу шахзадем и нэкIум иплъэри, жиIащ:
- Шахым урикъуэщ! Иджы къыппэщылъыр гурыIуэгъуэщ: Iэхъуэ тхьэмыщкIэм и пхъур щхьэгъусэ пщIынущ, илъэс куэд хъуауэ яхуэмыгъэхъуж узыфэ зыпкърытыр икIи и адэм и пщыIэм иджыпсту щыIэр.
- ПцIы боупс, нэхъыжь акъылыншэ, - кIиящ къэгубжьа шахзадер. - Си фIэщ хъуркъым а жыпIар! Сэ, шахым и къуэм Iэхъуэ тхьэмыщкIэм ипхъу сымаджэр къэсшэнуи?!
- Сэ бжесIар уи натIэм къритхам теухуауэ си тхылъым къизджыкIарщ, - жиIащ нэхъыжьым.
- Уи тхылъым итри къызжепIари къысфIэIуэхуркъым! - жиIэщ шахзадеми, нэхъыжьым и щIыб хуигъазэри, псынщIэу пэшым къыщIэжыжащ.
Махуэ псокIэ шахзадер мэзым щIэтащ, гъуэгур къилъыхъуэу, икIэм-икIэжым, лъагъуэ Iузэ къилъэгъуащ, мэзым къыщIэзышыжар. Шахзадер гъуэгум къыщытехьэжам кIыфI хъуат. Дэтхэнэ лъэныкъуэмкIэ игъэзэнуми ищIэртэкъыми, и нэр здэплъэмкIэ иунэтIащ.
Ар куэдрэ кIуащ, мафIэ къаблэр къилъагъуху икIи абыкIэ иунэтIащ. Дакъикъэ зытIущкIэ ар къыщыхутащ мафIэ зыпагъэна, зэхэкъута пщыIэжьым деж. Абдеж зы тхьэмыщкIэ щыст.
Къэблагъэ шахзадер щилъагъум, тхьэмыщкIэм абы фIэхъус ирихащ.
- Сэлам-алейкум, цIыху гуапэ! - жиIащ шахзадем. - Сэ гъуэгур сфIэкIуэдри, сыгъуэщащи, сумыгъэлъагъуфыну пIэрэ. Уи лэжьыгъэр пщIэншэ сщIынкъым.
- Алейкум-ас-сэлам, нытIэ, сыбдэIэпыкъунщ си гуапэу, ауэ къалэр гъунэгъукъыми, фIэщщIыгъуейщ жэщым гъуэгур къытхуэгъуэтыжыну. Пщэдджыжь пщIондэ зыпIэжьэмэ, гъуэгур уэзгъэлъагъунщ. Жэщым гъуэгуанэ утехьэнуи шынагъуэщ.
- Сыт сщIэн, сыпэплъэнщ нэху щыху, - жиIащ шахзадем. - Дэнэ нэху щызгъэщынур?
- Си пщыIэр зупэсмэ, ущызгъэIэнщ. Абы сипхъу сымаджэр щIэлъщ.
- Уипхъу сымаджи? - щIэупщIащ шахзадер. - Уэ ухэт езыр?
- Сэ сымэлыхъуэ тхьэмыщкIэщ!
- Пхъу сымаджэ уиIэу жыпIэу ара?
- НытIэ, пщIэ зыхуэсщI шахзаде! Тхьэм зыгуэркIэ игу къызэбгъа къыщIэкIынщ. Арагъэнщ пхъу сымаджэ къыщIызитари. Илъэс зыбжанэ хъуауэ тхуэмыгъэхъуж узыфэ пкърытщ. Iэзэ куэд къатшэурэ къедгъэплъащ, ауэ зыри сэбэп къыхуэхъуакъым. И пэшым щIэлъщ зыхуэмыгъэхъейуэ!.. Тхьэми ищтэжыркъым, дэри гузэвэгъуэм дыхэтщ.
Шахзадем занщIэу къыгурыIуащ мэлыхъуэр зипхъу къишэну жыхуаIар зэрыарар икIи занщIэу къигупсысащ абы и пхъур зэригъэкIуэдын Iэмал.
- Хъунщ, - жриIащ шахзадем мэлыхъуэм, - уи пщыIэм сыщыжеинщ, уипхъу сымаджэри зэран къысхуэмыхъун хуэдэу згъэудэIунщ. Уэ мы сомыр къащти, сшхын гуэр къысхуэхь, сомэжалIэ.
Мэлыхъуэм ахъшэр къищтэщ, шахзадем фIыщIэ хуищIри, и щхьэгъусэм унафэ хуищIащ хьэщIэм пщыхьэщхьэшхэ хущIихьэну. Шахзадер шха нэужь, пщыIэм щIишэри, и пIэр иригъэлъагъури, езыр щIэкIыжащ. И щхьэгъусэри езыри щIыбым щыжеирт. Жэщым шахзадер къэушри, пщIантIэм кIуащ, мэлыхъуэмрэ и щхьэгъусэмрэ жейрэ мыжейрэ зэхигъэкIыну. Ахэр жей куум хэтт. Шахзаде и Iэшхуэр къищтэри, хъыджэбз сымаджэм бгъэдыхьащ.
- Деплъынщ иджы лIыжьым си натIэм къритхауэ жыхуиIар къызэрыхъум, - жиIэщ аби, - зэрифIэщкIэ хъыджэбзым и сэшхуэмкIэ еуащ, абы пэгъунэгъуу ахъшэ зэрылъ къэп цIыкIу игъэуващ, пщыIэм къыщIэкIыжащ икIи и шым шэсыжри, кIыфIым хэгъуэщэжащ.
КъыкIэлъыкIуэ махуэм абы и гъусэхэр къигъуэтыжащ, дэнэ щIыпIи езыр къыщызылъыхъуэхэр икIи я гъусэу и унэм къэкIуэжащ.
Деплъынщ иджы мэлыхъуэм и пхъум къыщыщIам: ар иукIа хьэмэрэ шахзадер къэпцIа? А хъыджэбз тхьэмыщкIэм илъэс куэд хъуауэ псыпцIэ (водянка) узыфэр пкърытт: и ныбэр апхуэдизкIэ къэпщати, къэтэджыфыртэкъым, щысыфыртэкъым, къикIухьыфыртэкъым. СэшхуэмкIэ иукIын мурад иIэу, шахзадер абы еуэри, и ныбэр уIэгъэ хъуащ. Апхуэдэу щыхъум, зэтрихьа псыр къижащ. Шахзадем хъыджэбзыр иукIын мурад иIами, зэрымыщIэкIэ игъэхъужащ.
КъыкIэлъыкIуэ махуэм, и пхъум и пщыIэм щыщIыхьэм, мэлыхъуэмрэ и щхьэгъусэмрэ ар лъым хэлъу, ахъшэ зэрылъ къэп цIыкIур къыбгъэдэту ялъэгъуащ. Я пхъур къыщагъэтэджым, узыншэ хъужауэ къыщIэкIащ. Абы щыгуфIыкIа адэ-анэм Тхьэм фIыщIэ хуащIащ.
Зэман дэкIа нэужь, абыхэм къалэм унэшхуэ къыщащэхури, Iэпхъуэжащ. Ахэр цIыху зэхъуапсэу псэу хъуащ. Япхъури къыдэкIуэтейри, тхьэIухуд хъуащ.
Зэгуэрым ар зыукIыну хэта шахзадер мэлыхъуэу щытам я унэмкIэ щыблэкIым хъыджэбз тхьэIухудыр бжэIупэм тету къилъэгъуащ. Абы дыгъэм жриIэ хуэдэт: «Уэ укъыщIэмыкI, сэ сыкъыщIэкIакIэщ». Шахзадем абы гухэлъ хуищIащ икIи и адэм деж кIуэри жриIащ:
- Хъыджэбз дахэ куэд щыIэщ, ауэ сэ зи гугъу сщIыр мазэм, дыгъэм нэхърэ нэхъ дахэщ. Ар щхьэгъусэу къэсшэнущ уарэзымэ. Шахым япэщIыкIэ и къуэм ар къригъэшэн идакъым, иужькIэ и къуэм бгым зыкъридзыхыжыну щыжиIэм мэлыхъуэм и пхъур къишэну арэзы хъуащ. Жэщибл-махуиблкIэ екIуэкIа хьэгъуэлIыгъуэ ин хуащIащ.
Шахзадем къыгурыIуэххакъым къишар иукIыну хэта мэлыхъуэм и пхъур зэрыарар. И ныбэм уIэгъэ телъым гу щылъитэм, ар зищIысым щIэупщIэри, къыгурыIуащ ар и натIэм къритха икIи иукIыну хэта мэлыхъуэм и пхъур зэрыарар.
Мэзым зыщрихьэлIа лIыжьым и натIэм къритхам теухуауэ къыжриIауэ щытар абы игу къэкIыжащ икIи Тхьэм фIыщIэ хуищIри жиIащ:
- НатIэм къритхауэ тхылъым иту хъуар къэхъун хуейщ икIи зы цIыхуи абы фIэкIыфынукъым. Сэ апхуэдизкIэ сынэфти, ар си фIэщ сщIыну сыхуейтэкъым.
ЗэзыдзэкIар ТЕКIУЖЬ Заретэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1988.txt"
} |
Багъы Идар и дыщэ медаль
Тхэквондо
Софие къалэм (Болгарие) щекIуэкIащ «Multi European Games-2021» тхэквондомкIэ рейтинг зэхьэзэхуэ. Абы и саугъэтхэмрэ дунейпсо утыкум зыкъыщагъэлъэгъуэнымкIэ Iэмалымрэ щIэбэнащ Европэм и щIалэщIэ нэхъыфIхэр.
Зи хьэлъагъыр килограмм 48-м нэблагъэхэм я зэпэщIэтыныгъэм щригъэкIуэкIа зэIущIиплIми, хухаха зэманыр и кIэм нэмысу, текIуэныгъэ къыщызыхьа ди лъэпкъэгъу Багъ Идар дыщэ медалыр зыIэригъэхьащ.
КъищынэмыщIауэ, Багъым хуитыныгъэ къратащ зи ныбжьыр илъэс 21-м нэблагъэхэм я европэпсо зэхьэзэхуэу шыщхьэуIум Таллин къалэм щекIуэкIынум хэтыну. Спортсменыр егъасэ Ахъмэт Амир.
Зэхьэзэхуэшхуэхэр къапоплъэ
Мэкъуауэгъуэм и 9 - 15-хэм Белгород къалэм щыIащ илъэс 12 - 14-хэм ит ныбжьыщIэхэм тхэквондомкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэ. «Белгород Арена» спорт комплексым кърихьэлIащ Урысей Федерацэм и щIыналъэ 59-м къикIа спортсмен 780-рэ.
Иджырей зэхыхьэр Европэм и зэхьэзэхуэмрэ Дунейпсо школ джэгухэмрэ кIуэнухэр къыщыхахыу щытащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ къыхэхам хэту зэхьэзэхуэм зыкъыщагъэлъэгъуащ спортсмен 18-м.
Зыхэхуа гупым дыщэ медалыр къыщихьащ Iусен Дамир. ЕтIуанэ хъуащ Бицу Къантемыр, Созаев Артур, Тхьэмокъуэ Элинэ, КIэблахъуэ Рузаннэ сымэ. Домбеякъ медалхэр зыIэрагъэхьащ Хаджиевэ Салмэ, Иуан Дианэ, Геграевэ Даринэ.
Зэхьэзэхуэм къыщагъэлъэгъуа зэфIэкIхэм япкъ иткIэ зи гугъу тщIа спортсменхэр ираджащ Урысейм и командэ къыхэхам. ДяпэкIэ абыхэм зыхуагъэхьэзырынущ Таллин щекIуэкIыну Европэм и зэхьэзэхуэмрэ Сербием щызэхэтыну Дунейпсо школ джэгухэмрэ.
Спортсменхэр ягъасэ Кугъуэндокъуэ Ялдар, Тикаев Идрис, Унэжокъуэхэ Абдельджабаррэ Къантемыррэ, Хъурей Беслъэн, БжэныкIэ Резуан сымэ. Командэр зэхьэзэхуэм хуигъэхьэзыращ Ахъмэт Амир.
Урысейм и щIыналъэ 59-рэ зыхэта зэпеуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и гупым ещанэ увыпIэр къыщихьащ.
БэнэкIэ хуит
Тренер цIэрыIуэм и саугъэтхэм щIобэн
Прималкинскэ жылагъуэм дэт Физкультурэ-узыншагъэр щрагъэфIакIуэ комплексым щекIуэкIащ 2008 - 2009, 2011 - 2012 гъэхэм къалъхуахэм бэнэкIэ хуитымкIэ я зэхьэзэхуэ. Спортсменхэр щIэбэнащ Урысейм щIыхь зиIэ и тренер Тембот Анатолэ и саугъэтхэм.
Зэхьэзэхуэр къызэрагъэпэщащ Прохладнэ муниципальнэ щIыналъэм и щIыпIэ администрацэмрэ «Колос» спорт школымрэ. ЗэпэщIэтыныгъэхэр екIуэкIащ бэнэкIэ хуитымкIэ дунейпсо мардэхэм тету.
Къагъэлъэгъуа зэфIэкIхэм япкъ иткIэ япэ гуп увыпIэр иубыдащ Прохладнэ районым и командэ къыхэхам. Абы къыкIэлъокIуэ Адыгэ Республикэм къикIахэр. Прохладнэ къалэм и бэнакIуэхэр ещанэщ.
ТекIуахэмрэ къыхэжаныкIахэмрэ «Колос» спорт школым къыбгъэдэкIыу грамотэхэмкIэ, медалхэмрэ саугъэт лъапIэхэмкIэ ягъэпэжащ.
Гимнастикэ
И мыхьэнэм хагъахъуэ
Налшык дэт Универсальнэ спорт комплексым щекIуэкIащ художественнэ гимнастикэмкIэ «Сказки гор» урысейпсо зэхьэзэхуэрэ «Динамо» республикэ спорт зэгухьэныгъэм и XII чемпионатрэ.
Зэхьэзэхуэхэр къыщызэIуахым хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, абы и къуэдзэ Къардэн Мурат, республикэм и хабзэгъэув IэнатIэм Физическэ щэнхабзэмкIэ, спортымрэ туризмэмкIэ и комитетым и унафэщI Бэрэгъун Арсен, Къэбэрдей-Балъкъэрым спортымкIэ и министрым и къуэдзэ Анаев Аслъэн сымэ.
Урысейм и щIыналъэ 23-м, Донецк ЦIыхубэ Республикэм, Осетие Ипщэм къикIа спортсмен 500-м щIигъу махуиплIкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм щызэпеуащ.
Мы гъэм «Сказки гор» зэхьэзэхуэм урысейпсо мыхьэнэ къыхуагъэфэщащ икIи къэралым и спорт зэхьэзэхуэхэм Зыуэ щыт я календарь планым хагъэхьащ.
Атлетикэ псынщIэ
Акименкэ пашэщ
Брянск къалэм дэт «Десна» стадионым щыIащ атлетикэ псынщIэмкIэ Урысейм и чемпионат. Лъагэу дэлъеинымкIэ зэхьэзэхуэм хэтащ КъБР-м щыщ Акименкэ Михаил.
Япэ бгъэдыхьэгъуэкIэ метри 2-рэ сантиметр 28-м щхьэпрылъа Акименкэ занщIэу пашэныгъэр иубыдащ. Зыри къызылъэщIэмыхьэжыну ди спортсменым къыкIэлъыкIуэу зрипщытащ метри 2-рэ сантиметр 31-м, арщхьэкIэ къехъулIакъым.
ЕтIуанэ увыпIэр къылъысащ Хабаровск крайм щыщ Цыплаков Даниил. Ар дэлъеящ метритIрэ сантиметр 24-кIэ.
БэнэкIэ хуит
Ветеранхэм я зэпеуэ
Мэкъуауэгъуэм и 12-13-хэм ЕсэнтIыгу къалэм щекIуэкIащ 1 Урысейпсо гъэмахуэ спорт джэгухэр. Абы къриубыдэу зэхэта ветеранхэм бэнэкIэ хуитымкIэ я къэрал чемпионатым дыщэ, дыжьын, домбеякъ медалхэр къыщахьащ ди спортсменхэм.
Зи хьэлъагъыр килограмм 70-м нэблагъэ (илъэс 56 - 60 зы ныбжьхэм я деж) Гугъуэтыж МуIэед дыщэ медалыр зыIэригъэхьащ. Килограмм 78-м нэблагъэ (илъэс 41 - 45-хэм итхэм я деж) Ахъмэт Олег етIуанэ щыхъуащ. Домбеякъ медалхэр зыIэрагъэхьащ килограмм 70-м нэблагъэ IутI Русланрэ килограмм 78-м нэблагъэ Ташу Рустамрэ. ТIури щыбэнар илъэс 35 - 40 зи ныбжьхэм я гупырщ.
Жыласэ Замир.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1989.txt"
} |
ПIАСКIУЭР УСЫГЪЭ ЩЫПКЪЭЩ
ГУКЪИНЭ ПЩОХЪУ
Джатокъуэ Юрэ куэдым фIыуэ ялъагъу усакIуэщ. Абы и Iэдакъэ къыщIэкIащ усэ жанхэр щызэхуэхьэса тхылъ зыбжанэ. Юрэ и усэхэр кIэщI дыдэщ, сатыр зыщыплIым фIэкIыркъым, а сатыр кIэщIхэми къыщеIуэтэф гупсысэ куу. Ар щыхьэт тохъуэ Джатокъуэр гъащIэмрэ дунеймрэ фIыуэ зэрыщыгъуазэм, абыхэм нэ жанкIэ зэрыхэплъэфым, зэрынабдзэгубдзаплъэм. Ди зэманым мыхъумыщIагъэу хэлъхэр сэтей къэзыщI а усэхэр, зэ уеджамэ, гукъинэ пщохъу, къыбдогъуэгурыкIуэ, дэтхэнэ зы сатырри чэнджэщ щхьэпэ къызыхэпхыну губзыгъагъэщ. Апхуэдэ фIыгъуэ къигъэщIыну хузэфIэкIащ Джатокъуэ Юрэ.
Джатокъуэм и усыгъэхэр щызэхуэхьэсауэ иджыблагъэ дунейм къытехьащ «ГушыIэхэмрэ ауанхэмрэ» тхылъыр. Шэч хэлъкъым цIыхухэр гуапэу абы зэрыIущIэнум.
НэгъуэщI тхылъ хьэлэмэти къыщIэкIащ Юрэ и къалэмыпэм – «Фамильная энциклопедия рода Гетоковых», нэгъуэщIу жыпIэмэ, Джатокъуэхэ я лъэпкъым и тхыдэ. Апхуэдэ тхылъ зыхуэфащэр, зэрыгурыIуэгъуэщи, зи тхыдэр къулей, жыжьэ дыдэ къыщежьэ, зи цIэр фIыкIэ Iуа лъэпкъ лъэрызехьэрщ. Юрэ и тхылъым ди фIэщ ещI Джатокъуэхэ зэрыапхуэдэ лъэпкъыр. ЛIы цIэрыIуэ куэд къахэкIащ а лъэпкъым, абыхэм ящыщщ усакIуэ, тхыдэтх Джатокъуэ Юрэ.
Сэ сызэджэн тхылъ си куэдыкIейщ къэбэрдеибзэкIи, адыгеибзэкIи, урысыбзэкIи, украиныбзэкIи, ауэ псоми сыкъеджэну зэманыр схурикъуркъым: лэжьэни хуейщ, жеини хуейщ, зыгъэпсэхуни хуейщ, дауэдапщэхэми ухэмыту хъуркъым...
Джатокъуэ Юрэ и «Джэрпэджэжыр» къыщызитам си гуапи ищIащ икIи «сытым щыгъуэу пIэрэ, зэман къыдэзгъахуэу, мы тхылъым сыщеджэнур?» – жысIэри сигъэгупсысащ. АрщхьэкIэ пщыхьэщхьэшхэ нэужьым тхылъыр зыхуэдэм сеплъыну къызэгуэсхащ. Сыкъеджэу щIэздзэри, и кIэм сынэсыху, згъэтIылъыжыфакъым. Сыдэзыхьэхар усэхэр ем и бийрэ фIым и телъхьэу зэрыунэтIа къудейракъым. Сэ сызытхьэкъуар Юрэ и усэхэм я пIэскIуэкIэращ: зэпIэскIухэм хуищIэу, игъэузу йопIэскIу, йопIэскIу щхьэхуещэхэм, Iужажэхэм, хабзэншэхэм, къинэмыщIхэми уащегъэдыхьэшхри уатрегъакIуэ; зыдэгушыIапхъэхэм ядогушыIэ.
Джатокъуэм и сэмэркъэухэм уигу къагъэкIыж джэгуакIуэжьхэм я ауанымрэ я гушыIэмрэ. Абыхэм къару къезытыр я бзэ шэрыуэмрэ я адыгэ хъуэрымрэщ. И кIэщIыращи, юморкIэ уегъэгупсысэ, куэдым гу лъыуегъатэ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, хъуэрым философиер и купщIэщи. А сэмэркъэу пIэскIуэрейхэр зэрыкIэщIми я къарур хегъахъуэ икIи ехъумэ. Сэмэркъэур кIыхь хъумэ, и хъуэрыр мэкIуэд.
Юрэ и талантыр, и зэчийр фIыуэ къагурыIуащ ди усакIуэ цIэрыIуэхэм – Тхьэгъэзит Зуберрэ Уэрэзей Афликрэ. Ар сыту гуапэ!
Си гугъэщ мы тхылъым ди тхылъеджэхэри арэзы къищIыну.
ПIаскIуэ, Юрэ, уемызэшу пIаскIуэ: ар икIи псапэщ, икIи гуапэщ!
Усэ кIэщIхэр
ДЖАТОКЪУЭ Юрэ
ТУРЭ И КУЛЬТУРЭ
Зэфэну псым тепщэч хетхьэщIэ Турэ, –
Аращ абы здынэсыр и культурэр.
ЛЫКЪУЭ БЮРОКРАТЫМ
Уэсым хуэдэу и щхьэр тхъуащ
Зы жэщ закъуэм Лыкъуэ:
ПщIыхь шынагъуэ илъэгъуащ –
Iуахуу и къулыкъум.
ЧЭФЫМ
«Си Iуэхущ къизгъыхьэм ди щIыналъэм «НАТО»-р:
Къызэфтыт, – жеIэр, – мыдэ зы гранатэ».
УЭЧЫЛЫМ
ЯIыгъым щхьэкIэ бзауэ, дауэ,
ПыIэщхьэрыхыу уэри уагъэдауэ.
ЛУТIЭ И ВАЛЮТЭ
Бгыр къегъакIуэ и деж ЛутIэ:
Къаруушхуэ иIэщ и валютэм.
ГЪУЩIЫМ
«Сыхуейкъым, жи, – сэ зэи сыдыщэну:
Удыщэмэ, щхьэхуещэхэр къощэнущ».
БИЗНЕСМЕН ЛУТIЭ
Сыхэфх иджы, – жи, – депутату,
– ЛутIэ,
И жыпым из ищIауэ инвалютэр.
ДЫГЪУЖЬ МЭЛЫХЪУЭМ
Иритауэ мэлхэм кIэ, мэлыхъуэм
Бжэнхэм деж лэжьапIэ къыщелъыхъуэ.
ШЫМ
«Къулыкъу къызатмэ, – жеIэр шым, –
Естынщ узыгъуэр къамышым».
IУЖАЖЭХЭМ Я ДЫУЭЩI
ГъырнэIу защIауэ,
Даш машинэ «МАЗ»-кIэ,
Къалэм и мэрым
ЛIащи и хьэмаскIэр.
ШОФЁРЫМ
ЖрегъэIэфри и машинэм «тIутI»,
«ЗэрызбгъэщIынур сыт, – жи, – институт?»
ГУВАЩ
Бэлыхь дешэчыр бжэгъум Шакъым:
Ар щычым щыгъуэ къигъэшакъым.
ДЖЭДЫГУУ БГЪУ...
Джэдыгуу бгъу зыщыгъыр, гуншэм,
Егъэпсэуфыр лIибгъур джэдыгуншэу.
УНАФЭЩI ФЭТЕХ
Унафэ пхэнжщ
КъытхуищIыр Гъащтэм:
Iэ ижькIэ къатщтэ хъунур
СэмэгукIэ фIэкI къыдимыгъащтэ.
ЩIЫБАГЪ ЗИIЭ БАГЪЫМ
Етыф экзамен тыншу Багъым,
Суфлёр къыдэтмэ и щIыбагъым.
МУРАД
Зэрегъэпэщыр ахъшэ куэду Турэ,
Хыхьэну хэтщи властхэм я структурэм.
ФО ЗЕЗЫХЬЭМ
Фо зехьэн щегъэтыр Iэпэр зейм,
Ар и Iэпэм ирамыгъэбзейм.
АХЪШЭНШЭ ЛАЦЭ
«НэхъыфIщ уимыIэм ахъшэ, – жеIэр Лацэ, –
Ар уиIэмэ, пфIихьынущ, – жи, – инфляцэм».
МЫЛЭ
Акъыл иIэу зелъытэжыр Мылэ,
Пэшх ищIащи делэм и гъуэмылэр.
ХАМЕЛЕОН
«Зэманым декIур лIыфIщ», – жи, –
Бюрократым,
ЗыщитIэгъау и фащэ
Демократым.
ТУРЭ И ПРОКУРАТУРЭ
Къыхуогъур фыщIэм, дыгъуэм Турэ:
Щолажьэ и Iыхьлыр прокуратурэм.
САМОПАЛЫМ ТЕКIУЭДАМ
Хузэхэхужкъым нобэ Шурэ
Лэпс зэфэр шыугъэрэ мышыурэ.
НАПЭНШЭМ
Абы и нэкIур лэч IувыжькIэ лат:
ХъымпIар имыщIт, кърахми пу нэлат.
ЗЕБЖЫЖ ТАЛАНТ ИIЭУ ЛИНЭ
«ЗыгуэркIэ мыфI щымыIэ», – жеIэ Линэ,
ИIыгъщи, игъэкIыргъыу мандолинэр.
«IЭЩIАГЪЭЛI»
Шы хьэлым хъырц хищIыкIкъым Турэ:
Шыд щэнщ щиджар аспирантурэм.
ХЬЭМИД
Хьэмид, зигъэхъуми, хиубыдащ
ЕкIуэкI мы эпидемием:
Ахъшэшхуэ щIитри, щIигъэхуащ
И шыдыр академием.
ДУНЕЙР ЗИ ЩЫПЭЛЪАГЪУМ
ХуэмыIуэтэж и нэгу щIэкIахэр Хъупэм,
ФIэкIати зэ ТIрашэ и шкIэ хъупIэм.
ЧЫЛ УЭЧЫЛ
Езым и щхьэм бадзэр хутехужкъым Чылым.
Сыт мыгъуэр и махуэ ар зи уэчылым?!
МАЦЭ И «ЛЪАГЪУНЫГЪЭ»
Цинэ, Цуцэ, Быцэ, Цацэ...
Ар зыкъомым йохъуцацэ.
ТIАРЭ ГИТАРИСТ
ИIуэнтIащ зэманым ТIарэ:
ПщIэншэу пхуеуэркъым гитарэ.
ДЖЭДУМ
Хъыбар щIэрыпсхэр къеубыд и рацэм,
ЩопхъанкIэри район администрацэм.
ГУАЩЭНЕЙ
Ихуами мащэм ар щэней,
Iущ мыхъу иджыри Гуащэней.
БАРЭ
ЩIихакъым фIы, дыгъуамэ Барэ:
КъоIукI лъэхъуэщым и хъыбарыр.
ТIОРЭ И КОНТОРЭМ
КъекIухь, дэгъэзеяуэ и пэр, ТIорэ:
Щолажьэ ар Шарашкин и конторэм.
«УНАГЪУЭ ПЕДАГОГИКЭ»
ХагъэтIысхьэр ПIытIэ данэм,
ИщIыжамэ и заданэр.
ЩХЬЭЗЭ ИЩIАЩ
Утхъуащ зэманыр – къыхуэмыщIэ Къыпым
Здигъэзэнур и нэмэзлыкъыпэр.
ФЫГЪУЭМ
И лъатэм нэскъым ишхыр фыгъуэм,
Ар хэсу щытми хъугъуэфIыгъуэм.
МЫСТ
Сыт илэжьми икъукIэ игъуэщ:
Иджыпсту абы и уэлиигъуэщ.
ДЫД ЗЫIЫГЪ ДЕЛЭМ
Иратащи, делэм дыдыр,
ЖыдегъэIэ уэды-ды-дыр.
МАЛЪХЪЭМ И ПСАЛЪЭ
Укъалъагъур фIыуэ щыкъум,
Жьы иубыдмэ уи щIопщыкъум.
ХЬЭЩЫКЪ ХЪУА ПЩАЩЭМ
Хэмытми едэ усэм рифмэ,
Зытхар а усэр Музэрифмэ.
ХЬЭУЛЕЙ
Iуэхуншэу гъащIэр ихьмэ Цу,
Абы къощIыкI уэрам хьэцу.
УГЪУРСЫЗЫМ
Къыщохъу и Iуэхухэр тэмэм хъуауэ,
Зыгуэр илъагъумэ унэхъуауэ.
ЗИ НЫБЭ ИЗ ЖЭМЫМ
Егъуэт Iусыпхъи,
Хуэмей ар композитор Бахи,
А уэ зи гугъу пщIы
Людвиг Фейербахи.
БОРИС ПАЩТЫХЬЫМ
И кIэр бжыхьым дихуэжати нацэм,
Уэ ущащIа махуэм коронацэ!
ЩIЫIУБ ПЕНСИОНЕР
Къимыплъу исщ иджы ар и гъуэм,
Ешхыжри къилъэфар и уэлиигъуэм.
БАБЫЩ ЗЫЗЫГЪЭГУСАМ
ХьэIупс ищIащ
И гъунэгъу къазыр Уакъым:
ЩыжиIэм «уакъ»,
И «уакъым» къежьууакъым.
ДЫГЪУЖЬ НЭЩIА
Щимыгъуэтыжт щишхын мылицэм, –
Хыхьащ налоговэ полицэм.
ДИНЭ И АРГЕНТИНЭ
ЙокIуэкI урок. Бгъэдэтщи картэм,
ФIы дыдэу еджэу къащыхъу Динэ,
Европэм къыщелъыхъуэ Аргентинэр.
ЛИНЭ И МАНДОЛИНЭ
Бийуэ иIэм я нэхейкIэ, Линэ
Къищэхуащ, хуэмейми, мандолинэ.
КЪЭРМОКЪУЭ Хьэмид. НАЛО Заур. 2010
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "199.txt"
} |
Дунейм щыхъыбархэр
Нобэ
♦Дунейпсо Олимп махуэщ. 1894 гъэм Париж щекIуэкIа конгрессым, Пьер де Кубертен и жэрдэмкIэ, унафэ къыщащтащ Дунейпсо Олимп комитет къызэгъэпэщыным теухуауэ, илъэсиплI къэс зэ Олимп джэгухэр ирагъэкIуэкIынуи траухуэжащ.
♦ООН-м къэрал къулыкъу щыщIэным и дунейпсо махуэщ
♦Фызабэхэм я дунейпсо махуэщ
♦Къэзахъстаным и полицэм и махуэщ
♦Молдавием и къэрал щхьэхуитыныгъэм и махуэщ. 1990 гъэм Молдавие ССР-м и Совет Нэхъыщхьэм къищтащ республикэм и суверенитетым теухуа декларацэр.
♦Эстонием щагъэлъапIэ я ТекIуэныгъэм и махуэр. 1919 гъэм мэкъуауэгъуэм и 23-м эстон армэм Вынну къалэм деж щызэтрикъутащ Латвием и къалащхьэ Ригэ зыубыдауэ Эстонием къебгъэрыкIуэ нэмыцэдзэр.
♦1860 гъэм США-м и щэхурылажьэ IуэхущIапIэр къызэрагъэпэщащ.
♦1868 гъэм зэрыбкIэ зэрытрадзэ машинкэр къагупсысащ.
♦1930 гъэм Москва къыщызэрагъэпэщащ Урысейм щIэныгъэхэмкIэ и академием экономикэмкIэ и институтыр.
♦1934 гъэм Кремлым щагъэлъэпIащ ЛIыхъужьхэр. Лениным и орденымрэ Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэ лъапIэр къэралым щыяпэу къызэрыфIащым теухуа тхылъымрэ иратыжащ кхъухьлъатэзехуэ Ляпидевский Василий. Апхуэдэуи ЛIыхъужь цIэр зыфIащахэу Молоков Василий, Каманин Николай, Леваневский Сигизмунд, Водопьянов Михаил сымэ, нэгъуэщIхэри ягъэлъэпIат а махуэм.
♦1941 гъэм, зауэм и етIуанэ махуэм, Къэсейхьэблэ щыщ ТхьэмытлIокъуэ Хьэсэн КъухьэпIэ Украинэм и къэрал гъунапкъэр ихъумэу лIыгъэ хэлъу и гъащIэр итащ: гранатэхэр щIэпхауэ фашист танкым зыщIидзэри, ар икъутащ, езыри хэкIуэдащ.
♦1944 гъэм советыдзэхэм щIадзащ Белоруссием и щIыналъэр фашистхэм къанэ щымыIэу къаIэщIэгъэкIыжыным теухуа, «Багратион» зыфIаща ебгъэрыкIуэныгъэм.
♦2016 гъэм Инджылызым референдум щекIуэкIащ икIи абы кърикIуахэм япкъ иткIэ унафэ къащтащ къэралыр Европэ Зэгухьэныгъэм къызэрыхэкIыжым теухуауэ.
♦1889 гъэм къалъхуащ урыс усакIуэ, зэдзэкIакIуэ, литературовед, Нобель и саугъэтыр хуэфащэу ягъэлъэгъуахэм ящыщ Ахматовэ (Горенкэ) Аннэ.
♦1950 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, хьэрычэтыщIэ, псапащIэ, КъШР-м гипс къыщыщIагъэкIыу щыIэ заводым и унафэщI Аргун Олег.
♦1952 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат КIэмыргуей Валентин.
♦1962 гъэм къалъхуащ «ВиД» телекомпанием и президент, «Взгляд» нэтыным и къызэгъэпэщакIуэхэм яхэта Любимов Александр.
♦1965 гъэм къалъхуащ урысей уэрэджыIакIуэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артист, Шэшэн республикэм и цIыхубэ артист Меладзе Валерий.
♦1972 гъэм къалъхуащ Франджым щыщ футболист цIэрыIуэ, Мадрид и «Реал» клубым и тренер нэхъыщхьэу щыта Зидан Зинедин.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 30 - 31-рэ, жэщым градус 19 - 21-рэ щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Ныбжьэгъум занщIэу къыбжиIэнщ,
бийм уи щIыбкIэ щигъэIунщ.
Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1990.txt"
} |
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал мылъкур зегъэкIуэным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
Правительствэм и Унафэ
№119-ПП
2021 гъэм накъыгъэм и 31-м Налшык къалэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал мылъкур зегъэкIуэныр» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2019 гъэм фокIадэм и 23-м къыдигъэкIа унафэ №165-ПП-мкIэ къащтам, мы унафэм щIыгъу гуэдзэным къыщыгъэлъэгъуа зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
и Правительствэм и УнафэщI МУСУКОВ Алий
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм транспорт IэнатIэм зыщегъэужьыныр» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
Правительствэм и Унафэ
№131-ПП
2021 гъэм мэкъуауэгъуэм и 15-м Налшык къалэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм транспорт IэнатIэм зыщегъэужьыныр» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2020 гъэм шыщхьэуIум и 17-м къыдигъэкIа унафэ №179-ПП-мкIэ къащтам, мы унафэм щIыгъу гуэдзэным къыщыгъэлъэгъуа зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
и Правительствэм и УнафэщI МУСУКОВ Алий
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм
2021 гъэм мазаем и 5-м къыдигъэкIа унафэ №11-ПП-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
№132-ПП
2021 гъэм мэкъуауэгъуэм и 15-м Налшык къалэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и гъуэгу фондым и бюджет мылъкур 2021 - 2023 гъэхэм къриубыдэу зэфIагъэкIыну яубзыхуа лэжьыгъэхэм ятегуэшэным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2021 гъэм мазаем и 5-м къыдигъэкIа унафэ №11-ПП-м мы унафэм щIыгъу гуэдзэным къыщыгъэлъэгъуа зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
и Правительствэм и УнафэщI МУСУКОВ Алий
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI МУСУКОВ Алий
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1991.txt"
} |
Куэцэ Пщымахуэ и гъащIэмрэ иригъэкIуэкIа лэжьыгъэмрэ
(КIэухыр. ПэщIэдзэр мэкъуауэгъуэм и 22-м итщ).
1919 гъэм щIышылэм и 20-м Темырхъан-Шурэ Бгырыс республикэм и Парламентыр къыщызэIуахащ. Абы къыщыпсэлъащ Тепщэгъуэм и нэхъыщхьэ (Правительствэм и УнафэщI) Куэцэ Пщымахуэ. Зэхуэсым хэтхэр абы къыхуриджащ республикэ щIалэм хуэщхьэпэн лэжьыгъэм щызэкъуэувэну. Бгырыс Республикэм иубыд щIыналъэм Деникин и дзэхэр къыщиужьгъа а зэманым нэхърэ нэхъ гугъу хэгъэгум къыхуихуатэкъым.
Большевикхэр зэрапэщIэтымкIэ Бгырыс республикэмрэ Деникинымрэ я плъапIэхэр зэтехуэрт. Ауэ «Добрармия» зи фIэщыгъэ Деникиным и дзэм Тэрч областым большевикхэр иригъэкъэбзыкIкIэ зэфIэмыкIыу, щIыналъэм унафэщIу къыщхьэщыувэжыну хуежьат. Абы и мурадт Тэрч областымрэ Дагъыстэнымрэ езым и генерал-губернаторхэр тригъэувэжу «Тэрч-Дагъыстэн край» иухуэну. Бгырыс республикэм ар езым и хэгъэгу Iуэхухэм пхъашэу къебгъэрыкIуэ IэбэкIэу къилъытащ.
Абы ипкъ иткIэ Парламентым унафэ къищтащ Тепщэгъуэм и Нэхъыщхьэ Куэцэ Пщымахуэ «Бгырыс республикэм мыхьэнэ зрит Iуэхухэр зэхигъэкIыну Деникиным епсэлъэн папщIэ» Екатеринодар ягъэкIуэну.
Деникинымрэ Куэцэмрэ зэхуэзауэ зэрыт тхылъ Кавказ Ищхъэрэм илъ дэфтэрхэм щыдгъуэтакъым. Ауэ Бгырыс республикэм и унафэщI гупым хэта Джабагиев Вассан-Джэрий «Кавказ Ищхъэрэм революцэмрэ граждан зауэмрэ зэрыщекIуэкIар» тхыгъэм щетхыж: «Тепщэгъуэм ищIэ псомкIи а зэманым жэуап зыхьыр Куэцэ Пщымахуэти, Добровольческэ армэм и унафэщIым гурыIуэн мурадкIэ, аргуэру и деж кIуащ».
1919 гъэм мазаем и 26-м Куэцэр Парламентым къыщыпсэлъащ Баку щыIэ Добрармэм и лIыкIуэхэм зэраIущIам теухуауэ. Баку Куэцэр щыхуэзащ инджылыз армэм и дзэзешэ нэхъыщхьэ генерал Томсон. Абы Куэцэр къигъэгугъат «Мамырыгъэ конференцыр къэсыху ди республикэм зыкъыщIигъэкъуэну, Деникинми унафэ хуащIат Бгырыс республикэм и щIыналъэм къимыхьэну».
ИтIани Добрармэр ипщэкIэ къэкIуатэурэ щIыналъэм нэхъ гъунэгъу къыхуэхъуху, цIыхубэр Тепщэгъуэм нэхъ къыхуэмыарэзы хъурт. Езы Тепщэгъуэм и кIуэцIкIэ Куэцэм и телъхьэхэмрэ Каплановым и телъхьэхэмрэ щызэныкъуэкъурт. ЛъэныкъуитIми езым я пашэр Тепщэгъуэм и нэхъыщхьэу трагъэувэну хэтт. Iуэхур нэхъ гугъуж ищIырт цIыхубэр акъылэгъу зыхуэхъун программэ узыншэ утыкум зэримылъыр.
А псом ищIыIужкIэ, социалистхэмрэ большевикхэмрэ, Бгырыс тепщэгъуэм и пщIэр ирагъэхуэхын папщIэ, цIыхухэр ягъэщхьэрыуэрт. Зэраныгъэшхуэ къихьырт тепщэгъуэр шэрихьэтым еныкъуэкъу хуэдэу дин Iуэхузехьэхэм зэрагъэIуми.
1919 гъэм мэлыжьыхьым и 10-м Куэцэ Пщымахуэ Деникин генералым хуэзэну Грознэ къалэм ирагъэблагъэ. Куэцэм кIуэн щимыдэм, абы и пIэкIэ Парламентым Каплановымрэ шэрихьэт IуэхухэмкIэ унафэщI Гоцинскэмрэ еутIыпщ. Деникиным Бгырыс республикэм и лIыкIуэхэм къажриIащ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэр езым и жьауэ къызэрыщIэувам ипкъ иткIэ я щхьэхуитыныгъи я тепщэгъуи къабыл зэримыщIыр.
Езы Деникиным ар къызэриIуэтэжыр нэгъуэщIущ: «ДызэгурыIуэн папщIэ Бгырыс республикэм Грознэм лIыкIуищ къиутIыпщат, урысхэр зылъагъу мыхъу Каплановыр я пашэу. Ауэ лIыкIуэхэм Шэшэным щекIуэкIыр зэхаха нэужь, Шали къуажэм къыщыувыIэхэри, Грознэм къэкIуэну тегушхуахэкъым».
1919 гъэм накъыгъэм и 12-м Куэцэм и Тепщэгъуэм хэтхэр зэгурыIуэри текIащ. Ар къыщIэхъуам щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэ хуэхъуар Куэцэм 1919 гъэм накъыгъэм и 18-м екIуэкIа Бгырыс конференцым хэта Къантемыр Алихъан хуригъэхьа письмом къыщеIуатэ. Ар зыщIыпIи къытехуакъым икIи Бгырыс республикэм теухуауэ дымыщIэ гуэрхэм щыгъуазэ дещI.
Абы етх: «Си унафэ щIэт Тепщэгъуэм хэтхэр дызэгурыIуэри накъыгъэм и 12-м дытекIащ. Къаугъэшы гупщ. КъинэмыщIауэ, зы пIэм симыкIыу сиуджыхьынри къысIэщэужэгъуат. Сэ мурадыр къызэрызгурыIуэр мыпхуэдэут: Бгырыс республикэм и фейдэ зыхэлъ Iуэху жану зыдохуэ е дыIуокI. Зыр мэшынэ, адрейр пщIэ щIонэцI, ещанэр и фейдэ мэлъыхъуэ, псалъэ зэрахьэ, икIагъэ дыдэу Iуэху мыхьэнэншэхэр щызокIуэ… Аращ и щхьэусыгъуэр япэ ит мурадыр дгъэзэщIэну Iэмал щIэдмыгъуэтам».
Кавказ Ищхъэрэмрэ Кавказ ЩIыбымрэ Совет властыр щыува нэужь, бгырыс щхьэхуитыныгъэм щIэбэна куэдым ещхьу, Куэцэ Пщымахуэ Тыркум Iэпхъуащ. ЗэманкIэ ар Самсун дэсащ, иужькIэ Истамбыл Iэпхъуэри, дунейм ехыжыху абы щыпсэуащ.
Зауэ нэужьым адыгэ хэхэсхэм Нью-Йорк къалэм «Коммунистхэм япэщIэт муслъымэн зэгухьэныгъэрэ» «Бгырыс зэгухьэныгъэрэ» къыщызэрагъэпэщауэ щытащ. Истамбыл «Бгырыс зэгухьэныгъэ» щылажьэрт, Кавказ Ищхъэрэм икIа гупым я гъусэу абы жану щылэжьащ Куэцэ Пщымахуи.
«Кавказ Ищхъэрэ: хуитыныгъэм папщIэ екIуэкIа зауэм теухуа напэкIуэцIхэр» и фIэщыгъэу 1961 гъэм Истамбыл Куэцэм и тхылъ къыщыдэкIауэ щытащ. Бгырыс республикэм и Тепщэгъуэм и унафэщIым и нэкIэ еплъыжурэ, абы тхакIуэр щытопсэлъыхь илъэс 40 и пэкIэ екIуэкIа бэнэныгъэм.
Куэцэр 1962 гъэм щIышылэм и 8-м и ныбжьыр 78-рэ хъууэ дунейм ехыжащ. Ар щIалъхьащ къэралыгъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэхэм хуащI пщIэр хуащIу. «Кавказ Ищхъэрэ республикэм и УнафэщIу щыта», - тетхащ абы и кхъащхьэм.
СОБЛЫР Мухьэрбий, тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор. КЪАРМЭ Iэмырбий, тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1992.txt"
} |
Хуитыныгъэм пщIэ щIат
Куэцэ Пщымахуэ теухуауэ Тыркум къыщыдэкIа тхылъым и жинтыр. Зытхар Бэрзэдж Сэфэрщ. Анкара, 2011 гъ.
Пщымахуэ и къалэмыпэм тхыгъэ куэд къыщIэкIащ. Псалъэм папщIэ, 1953 гъэм, Бгырыс (Кавказ Ищхъэрэ) республикэр илъэс 35-рэ щрикъу илъэсым, абы утыку кърихьауэ щытащ «Хуитыныгъэм пщIэ щIат» тхыгъэр. Абы тхакIуэр щытопсэлъыхь Кавказым и хуитыныгъэмрэ и дуней тетыкIэмрэ ихъумэжын папщIэ иригъэкIуэкIа бэнэныгъэм.
Накъыгъэр гъащIэ къыздэзыхь мазэщ. Тхьэм къигъэщIа псоми гъатхэм псэ къахохьэж. Дахагъэри, удз гъэгъахэри, щхъуантIагъэри, мэ гуакIуэхэри щIылъэм къыхобыргъукI. Апхуэдэу ехъулIэри, зэман кIыхькIэ гъэрыпIэм щIэта кавказ лъэпкъхэм а мазэ дыдэм хуитыныгъэ ягъуэтыжащ. Дахагъэ нэсымрэ Iущыгъэмрэ я щапхъэщ Кавказыр. Ауэ абыхэми кърагъэлыфакъым а щIыналъэр теплъэгъуэ гущIыхьэхэм хэплъэным.
Зи гугъу тщIы Iуэхугъуэхэр къежьэн ипэ илъэс 40-кIэ кавказыдж цIэрыIуэ Услар жиIэгъат: «Кавказымрэ абы щызекIуэ бзэхэмрэ ятеухуауэ дуней хъурейм апхуэдизкIэ куэд щатхащи, а тхыгъэ псори зэхуэпхьэсыжамэ, Iуащхьэ абрагъуэ къыхэкIынт. ДяпэкIэ Кавказым теухуа тхыгъэхэр нэхъри нэхъыбэж хъунущ». Ар захуэт. Мис, сэри си фIэщу сыдихьэхыу, тхылъеджэхэм я гъусэу Кавказым и тхыдэм зэ сриплъэжыну сигу къихьащ.
Урысейм XIX лIэщIыгъуэ лъандэрэ Кавказыр и щхьэ хуигъэфэщэжын щIидзат. Псори къыщежьар Пётр Езанэм КъуэкIыпIэм и «гъущI куэбжэхэр» зэIуихын гукъыдэж щигъуэтам щыгъуэщ. А зэманым дагъыстэн лIы хахуэхэм къызэрагъэпэща къару зэрыIыгъым тепщэ залымыр IэщIэкIауэ щытащ.
Ауэ Пётр Езанэм и щхьэр ихъумэу щIэпхъуэжыфам къыщымынэу, Дербент и «IункIыбзэIуххэр» зыдрихьэжьэну хунэсат. ЕкIуэкIар зи нэгу щIэкIахэм ящIэж абы уэсят хуэдэу къызэринэкIа унафэр: Кавказым тепщэ зыхуащIу Урысейм гуэгъэхьэн. Пётр и Iуэхум Екатеринэ ЕтIуанэм пищащ. Пащтыхьым и уэсятыр игъэпэжу, абы Кавказыр иутIыпщын идакъым.
Император бзылъхугъэм а зэманым зыри къехъулIатэкъым. ИтIани Урысейм мурад пыухыкIа игъэпсат - сыт хуэдэ IэмалкIи Кавказыр зыIэщIилъхьэн. Илъэс 75-кIэ дуней псор зыгъэпIейтея Iуэхугъуэхэр апхуэдэ щIыкIэкIэ гъуэгу къытехьащ.
Сыт хуэдиз дзэзешэ Iэзэхэр къыщыунэхуа Кавказым а зэманым лъандэрэ. Иужьрейр Щамил Iимам щэджащэрт. Илъэс 25-кIэ абы иригъэкIуэкIа бэнэныгъэм и пщIэри нэхъ инт, бийри зыгъэгулэзт. Iимамыр гъэр щащIа 1859 гъэм шыщхьэуIум и 29-р бэнэныгъэм и иужьрей махуэ хъуакъым, ауэ псори урысхэм бжыгъэкIэ ирагъэкIуэтащ.
Япэ дунейпсо зауэм тхыдэм зыздигъэзэну гъуэгур иубзыхуауэ жыпIэ хъунущ. 1917 гъэм мэлыжьыхьым и 2-м Урысей империер лъэлъэжащ. Хуитыныгъэм нэхъуеиншэу щIэхъуэпса лъэпкъ куэдым яхуэдэу, кавказ хэкурысхэми зэманым къарит Iэмалыр къагъэщхьэпащ. Гъатхэпэмрэ мэлыжьыхьымрэ Iэуэлъауэншэ хуэдэу екIуэкIащ. Псоми накъыгъэм екIуэкIыну Хасэм зыхуагъэхьэзырырт. А зэхуэсым хы ФIыцIэмрэ Каспий хымрэ я зэхуакум лъэп-къыу щыпсэухэм я лIыкIуэхэр кърагъэблэгъат. Лъэпкъ щхьэхуитыныгъэ IуэхукIэ зэхаубла апхуэдэ зэхуэсышхуэ абы ипэ Кавказым щекIуэкIакъым.
Владикавказ дэт театрым и унэм лIыкIуэ 500 щызэхуэсат. Абыхэм я нэхъыбэр ныбжьэгъу республикэхэу Азербайджанымрэ Куржымрэ щыщхэт.
Мыхьэнэ нэхъ зиIэ унафэхэр къыщащта Хасэм и етхуанэ махуэ лэжьэгъуэм псоми пщIэ зыхуащI Сулеймэн-Хьэжы жьакIэхур къэтэджри, лIыкIуэхэм захуигъэзащ: «Алыхьталэм фIыщIэ хузощI махуитху хъуауэ ди нэгу щIэкI Iуэху зэфIэхыкIэм папщIэ. Шэч къытесхьэркъым мы дакъикъэм щыщIэдзауэ ди лъэпкъхэр къуэш хуэдэу зэхущытын, зэкъуэтын зэрыщIадзэнуми, абы и фIыгъэкIэ хуитыныгъэрэ ехъулIэныгъэрэ зэрыдгъуэтынуми». Абы и ужькIэ Хасэм къекIуэлIахэм зэхуэпэжыну тхьэ яIуащ.
Гум имыхуж махуэт ар. Нэхъыжь къетхъухахэу нэрыбгищэм щIигъум я нэпсыр щIэту КъурIэным ба хуащIурэ IэплIэ зэрызэрашэкIыжыр плъагъурт. Апхуэдэ щIыкIэкIэ 1917 гъэм и кIэ, 1918 гъэм и пэщIэдзэ щIымахуэ мазэхэр псоми ягу хигъахъуэу екIуэкIащ.
Гъатхэм щIидза нэужь, ущIэгузэвэн щхьэусыгъуэ къыкъуэкIащ. Зы лъэныкъуэкIэ, Лениным и кIуэгъужэгъу Коркмасов Джэлалуддин и хэкур коммунизмэм и щхъухьым иригъафэу, къуэш зауэ зэхиублэн мурад игъуэджэр къылъыкъуэкIат. Мыдрей лъэныкъуэмкIэ - генерал хужь къаугъэшыхэм кавказым ищIхэр, Мейкъуапэ, Адыгейм, Къэрэшейм щыIэ щIыдагъэ къыщIэшыпIэхэр зыIэщIалъхьэну хуежьахэт. Коркмасовыр зыхуей гуэрхэм теIэбэри, «етхуанэ колоннэр» къызэрагъэпэщащ.
Коммунизмэм и тегъэщIапIэхэм дин лэжьакIуэхэм я гупсысэр игъэутхъуэри, нып удзыфэ зыIэщIэлъ цIыхубэр утыкум къихьащ. Дагъыстэным абыхэм Али-хьэжы пашэ щахуэхъуащ, Къэбэрдейм - Назир-ефэнды. А къомыр, гува-щIэхами, лъэпкъ Iуэху зезыхуэ зэщIэхъееныгъэхэм гулъэф яхуэмыхъункIэ Iэмал иIэтэкъым. ЛъэпкъылI нэсу (а псалъэм и мыхьэнэ пэжым тету) зэрыщытым къыхэкIыу, абыхэм большевизмэр зэрыщыт дыдэр ялъагъуртэкъым. Уеблэмэ псоми пщIэ зыхуащI дин пашэхэу Шарипов Арслани Эффендиев Аббаси большевикхэм Iэщэ папщIэу къагъэщхьэпэфащ.
Комитет нэхъыщхьэр щытыкIэ гугъум иуват. ДэIэпыкъуэгъурэ щIэгъэкъуэнрэ зыщIыпIэ икIэщIыпIэкIэ къыщыгъуэтын хуейт. Тыркум фIэкIаи абыкIэ узыщыгугъын зыри щыIэтэкъым. Хамэ къэралхэм зыпащIэн папщIэ Чермоев Абдулмэжид, Къады Мэхьмэт, Бэммат Гайдар сымэ зи пашэ лIыкIуэхэр Трабзон яутIыпщащ. Тыркум а зэманым Кавказым щыщ нэгъуэщI лIыкIуэ гупи щыIэт. А Iуэхухэр къезыхьэжьар иджыри щхьэхуитыныгъэ зыбгъэдэмылъ республикэхэрат. Тырку лъэныкъуэм епсэлъа нэужь, кавказ республикиплIым щхьэхуиту зыкъызэралъытэжым теухуауэ хъыбар ягъэIуащ. Тхыдэм мыхьэнэшхуэ щызыубыда а Iуэхугъуэр къыщыхъуар 1918 гъэм накъыгъэм и 18-рщ. А унафэр Анди къуажэм щекIуэкIа ЕтIуанэ Хасэм къабыл щащIащ.
Куэд дэмыкIыу Истамбыл аргуэру зы лIыкIуэ гуп яунэтIащ. ЛъэныкъуитIыр зэпсэлъа нэужь, зэныбжьэгъугъэрэ зэдэIэпыкъуныгъэкIэ зэбгъэдэтыну зэгурыIуахэщ. А зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ, дэ щIэгъэкъуэнышхуэ дгъуэтын хуеящ, ауэ дызыхуэбэлэрыгъа плъыжьхэм дяпэ зрагъэщри, я дзэхэр Дагъыстэным ирашащ.
Къалэн гугъу къытлъыкъуэкIат: ахэр Тыркум гурыIуэным хунэдгъэс хъунутэкъым, абы щхьэкIэ Iэмал нэхъыщхьэу щыIэр зэпыщIапIэ Iэмалхэр япэдубыдынырт.
ЗауэлIхэм пыIэ щIыхухэр ящхьэрыгът. ИужькIэ «будёновкэ» плъыжьхэр щхьэрызытIэгъэнухэм зэкIэ ислъам диным и хъумакIуэу зыкъагъэлъагъуэрт. Ауэ дагъыстэнхэр къыпхуэгъэпцIэнутэкъым.
А зэман дыдэм хужьхэми Iэуэлъауэ къагъэIуащ. Абыхэм Кавказ Ищхъэрэм Бичераховыр зи пашэ урыс-къэзакъыдзэ зэгуэт (нэрыбгэ мин 12) къраутIыпщащ. Апхуэдэ щIыкIэу ди щIыналъэм фэкIэ зэмылIэужьыгъуэу урыс армитI къищхьэрыуат.
Жэпуэгъуэм икухэм дежщ 15-нэ тырку дивизэр къыщыкIуар. Абы Иззэт Сулеймэн и пашэт. Тиксавилу Кузаффер, Курбан Тимур сымэ яхуэдэу куэд хэтт а дивизэм. Муслъымэн къару псоми я пашэр Чунэтыкъуэ Иззэт-пэщэрат.
ЛъэныкъуитIыр зэрызэгурыIуам ипкъ иткIэ кавказ ищхъэрэ хэкурысхэм къыхашу дзэ къызэрагъэпэщын хуейт, ауэ апхуэдэ зэман диIэжтэкъым. Дербентрэ Петровскрэ зэзауэ гуащIэхэр щекIуэкIырт. Дуней псом хахуагъкIэ щыцIэрыIуэ тырку зауэлIхэр дызэрыщыгугъам хуэдэу къыщIэкIахэщ. Дэ зэи дигу ихужынукъым къуэш хуэдэу къыдбгъэдэта тыркухэри, Кавказ Ищхъэрэм шэхьид щыхъуа щIалэхэри.
ЩэкIуэгъуэм и кум хъыбар гуауэ къэIуащ. Антантэм и дзэхэм Истамбыл яубыдат. Абы къыхэкIыу, Тырку къэралыгъуэм Кавказым щыIэ и зауэлIхэр имышэжу хъуакъым. Дэр-дэру нэгъэсауэ зыдгъэхьэзырыну зэман къытхуэнатэкъым.
ЩэкIуэгъуэм и кIэм Инджылызым и къарухэр Баку дохьэ. Абыхэм я пашэ генерал Томсон ди хуитыныгъэм и унафэр, Париж щекIуэкIыну конференцыр къэмысауэ, къабыл зэрамыщIынур хэIущIыIу ищIакIэт. Ди лIыкIуэхэр Париж конференцым дымыгъакIуэу хъунутэкъым. Апхуэдэ щIыкIэкIэ Париж Чермоев Абдулмэжид, Хайдар Ибрэхьим, дохутыр Хьэсэн сымэ зи пашэ лIыкIуэхэр дутIыпщащ. Бамматов Гайдар а зэманым Европэм щыIэт, ауэ конференцым хэтыну зэримурадымкIэ хъыбар яригъэщIат.
Абы ирихьэлIэу Кавказ республикэхэм я хуитыныгъэр къабыл зыщI унафэр кърамыгъэщтэн мурад фIэкIа зимыIэ урысыдзэхэм Кавказым зыщаубгъу. ИщхъэрэмкIэ - плъыжьхэр, къухьэпIэ ищхъэрэмкIэ - хужьхэр, Кавказ кIуэцIым - «етхуанэ колоннэр». Арат Iуэхур зыIут дыдэр. ЩIыналъэм къытеуа армэм Iэгъуэблагъэм ит къуажэхэм щыпсэу урысхэмрэ къэзакъхэмрэ къадэIэпыкъурт.
ТхьэмахуитIкIэ Корниловымрэ Алексеевымрэ депсэлъа нэужь, хэкум абыхэм я дзэхэр ирашыжыну дызэгурыIуащ. Большевикхэм я зэуэкIэр егъэлеяуэ гущIэгъуншэт.
Деникиным и унафэ щIэт дзэхэм апхуэдэу тыншу дызэрызэтрамыкъутэфынур къыгурыIуэрти, 1919 гъэм и мэлыжьыхьым Воронеж къришри нэхъыфIу зэгъэпэща корпуситI Кавказым къишат. Зэрыкавказу бэлыхьышхуэ хэхуат. Апхуэдэу щыхъум, Правительствэм хэтхэм ятеухуауэ жэуаплыныгъэ къызэрысхуэмыщтэнум къыхэкIыу, си пщэрылъхэр зыщхьэщезгъэхащ.
Дагъыстэным большевик корпуситI ебгъэрыкIуэрт. Ауэ а щIыналъэр бийм зэрыпэщIэувэну къарухэр зэригъэпэщыну хунэсат. ШыщхьэуIум и кум Кавказ Ищхъэрэм Щамил щэджащэм и къуэрылъху Саид Щамил къэкIуэжри бэнэныгъэм и пашэу уват.
А зэпэщIэтыныгъэр мазибгъум нэблагъэкIэ екIуэкIащ. Большевикхэм Азербайджаныр, Куржыр, Армениер яубыда нэужь, Кавказ Ищхъэрэм абыхэм япэщIэувэфыну къинэжар щIыпIэ щхьэхуэхэм зыкъыщызыIэт, куэд къэзэмыгъэхъуфын къарухэрат. Апхуэдэ щIыкIэкIэ Кавказым Совет властым зыщиубгъуащ.
Мыбдежым дигу къэдгъэкIыжыпхъэщ урыс тепщэгъуэм и щIэпхъаджагъэ нэхъ инитIыр. Япэрейр къыщыхъуар 1864 гъэращ. Пащтыхь унафэм цIыхухэр мин бжыгъэкIэ я хэкум ирихури абыхэм гуапэу къапежьа Тыркум щхьэхуимыту игъэIэпхъуат. ЕтIуанэр къыщыхъуар илъэс 80 дэкIа нэужьщ - плъыжьхэм я унафэ ерум Сыбырым и щIыуэпс гуащIэмрэ тутнакъэщхэмрэ сабийхэр, бзылъхугъэхэр, зи ныбжь хэкIуэтахэр мелуан бжыгъэкIэ щриутIыпщхьа 1944 гъэм. Ар Шэшэн, Ингуш, Къэрэшей, Балъкъэр лъэпкъхэрат.
ЩIэджыкIакIуэ щхьэмахуэхэ! Хуитыныгъэм сыт щыгъуи уасэшхуэ щIат. Шэч хэлъкъым ди лъэпкъхэм ар езыхэм я щхьэкIэ зэрызыхащIам. Ауэ къэсынщ тутнакъэщхэм я бжэхэр щыIуахыну зэманри. ПщIэ леи къалэжьауэ, ди лъэпкъхэри адрей хуитыныгъэ зыгъуэтыжа лъэпкъхэм яхуэдэ хъунщ. Сэ си фIэщ мэхъу ар. Кавказым ис лъэпкъ псоми зыкъаужьыжыну сохъуэхъу. Алыхьым и нэфI къыфщыхуэ!
Тхыгъэр инджылызыбзэм къизыхар «Дагъыстэным теухуа хъыбархэр» тхылъыр зэхэзыгъэува Дугричилов Муртазалищ. Мэхъэчкъалэ
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1993.txt"
} |
ЛIэужьыр бжьиблкIэ мауэ
Тырку Адыгэ Хасэм и жэрдэмкIэ, Кавказ Ищхъэрэм и президенту щыта Куэцэ Пщымахуэ и кхъащхьэм пщIэ хуащIыну илъэс къэс Кавказым икIахэр йокIуалIэ. 2015 гъэ, Ферикёй
Куэцэ Пщымахуэ псоми зи цIэр зэхаха, ауэ зыми фIыуэ имыцIыху цIыху цIэрыIуэхэм ящыщщ. Ауэ щыхъукIэ Кавказыр Урысейм зэрыхэт лъандэрэ къэралыгъуэм узэрыдекIуэкIын Iэмалу Бгырыс республикэм нэхърэ нэхъыфI къагупсысауэ тхыдэм ищIэжыркъым. Кавказ республикиплI къызэщIэзыубыда а тепщэгъуэ цIыкIум и президенту ди лъэпкъэгъу зэрытетаращ и щхьэусыгъуэр Урысей Федерацэмрэ Азербайджанымрэ теннисымкIэ щIыхь зиIэ я тренер Куэцэ Руслан дыщIыхуэзам.
- Ахэр зэкъуэшиплI хъууэ щытащ. Си адэшхуэ дыдэр Аслъэмырзэт, ар зэкъуэшиплIым я нэхъыжьт, Пщымахуэ абы къыкIэлъокIуэ, Исмэхьил нэхъыщIэт. Иджыри къуэш еплIанэ яIащ, ауэ ар сурэтым щIимытыр сщIэркъым. Сэ Пщымахуэ и къуэш нэхъыжьым срикъуэу аращ.
- УзэрыцIыкIурэ зэхэпха гуэрхэр…
- ЖызыIэжар ди адэрами ди анэрами сщIэжыркъым, ауэ зэхэсхыжахэм ящыщу сигу къинэжар мыращ. Бгырыс республикэм и Тхьэмадэу щылажьэм, Пщымахуэ здэщыIэр Тэрчкъалэт (Владикавказ). Арати, Сэрмакъ (абы щыгъуэ - Бабыгуей) дэс и адэ ТIэмашэ и деж къэкIуэжри, мыпхуэдэу къыжриIащ: «Ди адэ, мы гъунэгъу къэхъуауэ къакIуэ властым дэ фIыуэ зыри къытхуздихьынукъым. Сытри къыдищIэфынущ. Хэкум дигъэкI, дызыхуеину псори згъэхьэзыращ». Республикэм щриунафэщIкIэ, Iуэхур къыхузэгъэпэщыну къыщIэкIынт. «Сыхъум деж кхъухь къыщытпоплъэ, абы нэс шыкIэ дыкIуэнщ», - къыжриIащ. Ауэ ТIэмашэ идакъым. «Си хэкум сикIыу зыщIыпIи сыкIуэнукъым. Уэ ухуеймэ кIуэ», - къритащ жэуапу. Мис апхуэдэ щIыкIэкIэ езыр хэкум икIри и адэмрэ и къуэшхэмрэ къэнат жаIэ. Зэман дэкIри, зэадэзэкъуэхэр ягъэтIысащ. Ауэ зэкъуэшхэм яз, Исмэхьил, щIэпхъуэжыну хунэсат. Лъэпкъыр къыщежьауэ жыхуаIэр Псыжь адрыщIкIэщ. Инжыдж щыгу жыхуаIэ щIыпIэм дыкъикIауэ жаIэ. Сэрмакъи занщIэу къэунэхуакъым-тIэ. ЕгъэджакIуэ гуэр си хэгъэрейщ университетым щылажьэу. Абы Гумкъалэ жыгей гуэр дэтщ жи иджыри, абдежым ди къуажэр зэрыщытам и фэеплъу. Мис апхуэдэу ди адэшхуэм и адэм ежьэн щимыдэм, Псыжь адрыщI кIуэхэри зыщагъэпщкIуат.
- ЯгъэтIысу къаутIыпщыжа нэужь загъэпщкIуауэ арат?
- Хьэуэ. ЯгъэпIейтеин щIадза нэужь, щIэпхъуэжхэри илъэс зыхыблкIэ къэтахэщ. «Нэхъ Iэуэлъауэншэ хъуа хуэдэщ» жаIэу, къыщекIуэлIэжхэм, епхъуэри яубыдахэщ. СыщыуэнкIи хъунущ, ауэ цIыхуищ зэрагъэтIысар сощIэж: си адэшхуэм и адэ ТIэмашэрэ иджыри цIыхуитIрэ. КГБ-м сыщыщIэупщIэри тхылъымпIэ къеIысхауэ щытащ. Абы итщ сэ си адэшхуэр, си адэшхуэм и адэ ТIэмашэ, иджыри ещанэу зыгуэр Налшык щIыунэ гуэрым зэрыщаукIар.
- Адэм и къуэхэр и гъусэу?
- Адэм и къуэхэр и гъусэу. Щхьэусыгъуэр гурыIуэгъуэкъым. Бэнэныгъэм хэтакъым, нэгъуэщIкъым.
- Пщымахуэ зэриблагъэра къыщIэкIынт?
- Ари еныкъуэкъуакъым Совет властым. Еныкъуэкъупауи сощIри, иджыпсту екIуэкI псалъэмакъхэр зэхэпхыркъэ? Хужьхэмрэ плъыжьхэмрэ зэрагъэкIужын Iуэху зэрахуэ. Иджы Франджым, Париж, адэ-модэкIэ къыщагъуэтыжу зи хьэдащхьэ къашэж урыс лIыщхьэхэм нэхърэ нэхъ зэраныгъэ нэхъыбэ Пщымахуэ Урысейм къыхуихьыпауэ сощI. Пащтыхь Николай нэгъунэ теухуауэ тобэ къахьыжахэщ, и щIэблэм щыщхэр Урысейм къокIуэ. Пщымахуэ хуэфащэкъэ апхуэдэ пщIэ? Ар сэ си Iуэху еплъыкIэу аращ, зыри хэзгъэзыхьыркъым.
- И кхъэлъахэр хэкум зэримытым абы и пщIэр нэхъ цIыкIу ищIыркъым.
- Мы Iуэхухэр къезыхьэжьэу сэри япэу сыкъэзыгъуэтар Хьэтэжьыкъуэ Валерэт. Арат гупыж зыщIари и хьэдэр хэкум къашэжыныр. Захуагъэкъэ-тIэ ар? Хуэфащэкъэ? Дэ хэкум папщIэ зыгуэр зылъэкIа ди цIыхухэм къалэжьа пщIэр яхуэтщIыжыфыркъым. Пщымахуэ ифI Кавказ псом екIат. Кавказ псом и Тхьэмадэу щыщытакIэ, и хэкум папщIэ абы ищIар зэрынэхъыбэжым шэч хэлъкъым. Тыркум зыщIыпIэ деж щыщIэлъщ, сыт хуэдизкIэ ямыгъэлъапIэми, и хэкум щыIэжкъым.
- Тыркум дыщынэсакIэ, Бэрзэдж Сэфэр и IэдакъэщIэкIыу Пщымахуэ теухуауэ тхылъ псо тыркубзэкIэ къыдэкIауэ зэхэтхащ.
- СфIэфI дыдэу къэсщэхунт.
- Баку сыт фыIэпхъуэн хуей щIэхъуар, уи адэр дзэм зэрыхэтара?
- Хьэуэ. Пщыти уэркъти жаIэурэ цIыхухэр ягъэкIуэдын щIадза нэужь, ди адэри щысауэ жаIэ, ауэ и пэжыпIэр нэгъэсауэ сщIэркъым. 1910 гъэм къалъхуат ди адэр. А Iуэхухэр къыщежьар 1925 - 1926 гъэхэм ирихьэлIэущ. Соловки жыхуаIэм исащ. Илъэс пщыкIухым ит щIалэжь цIыкIуу, уи нэгу къыпхущIэгъэхьэрэ? ИтIанэ «сабийщ» жаIэри къаутIыпщыжа къыщIэкIынщ. КъызэрыкIуэжаи къыздэкIуэжаи тщIэркъым, ди адэм жиIэжыртэкъым ахэр. СщIэр а Iуэхум зэи тепсэлъыхьу зэрыщымытаращ дэ зэхэтхыу. Зауэм теухуауи мащIэ дыдэт жиIэжыр. Сытми, хьэпсым къикIыжри Сэрмакъ къэкIуэжа нэужь, благъэ гуэр къигъуэта къыщIэкIынщ. МазитI-щы, нэхъыбэ дыдэу илъэс докIри, жэщым зыгуэр къокIуэ: «Ислъам, щIэпхъуэж, пщэдджыжь къэкIуэнурэ уагъэтIысынущ», - къыжреIэ. Илъэс бжыгъэхэмкIэ сыщыуэнкIи хъунущ, зыми зыри къызжиIэжыртэкъым, псори шынэрт. Ди анэри сыт щыгъуи шынэрт…
- Аращ тхыдэр. Шынэр, и кIэм нэс жамыIэр… Тхылъхэм ит тхыдэ зэщIэлыдэр нэгъуэщI зыгуэрщ, щыIам темыхуэу.
- Iуэхум щымыщми сщIэркъым, ауэ ди анэм теухауэи бжесIэжынт.
- Псори сфIэгъэщIэгъуэнщ.
- Щхьэлыкъуэ Щэрданхэ ящыщт ди анэмрэ ди анэ шыпхъумрэ. Ахэри уэркъ лъэпкът. Къэбэрдей уэрамым мыин дыдэу унэ гуэр тетащ, хьэрф «Ш» и гупэ блыным тету. Унэ зэтету си нэгум къыщIоувэж.
- Лъэпкъ щIапIэжьу арат?
- НтIэ. Ауэ езыхэр нэгъуэщIыпIэт щыпсэур. А унэм IуэхущIапIэ гуэр къэралым щызэрихьэрт. Хъыджэбз цIыкIухэм я ныбжь нэсри школым еджакIуэ ягъэкIуат жаIэ Совет властым и зэманым. Зы илъэситI хуэдэ щеджа нэужь, красноармеец гуэр къокIуэри, «Щэрданхэ ейр хэт?» - жеIэри щIоупщIэ. Зыр илъэсипщI, адрейр илъэсий хъуми арат. «Дэращ», - жаIэри къотэджхэ. «Пщыхэм я бынхэрат иджы едмыгъэджэжу къэнэжар. Фи хьэпшыпхэр зэщIэфкъуи, зевгъэхь!» - жаIэри къыщIахуж. И адэ Щэрдан Мурат, си адэшхуэр, гупсысэ хэхуат. Сабийхэр емыджэу хъунутэкъым. Лъыхъуэм-лъыхъуэурэ, урыс бзылъхугъэ гуэр егъэджакIуэу пщIэкIэ къахуещтэ. Аргуэру илъэс-илъэситI докIри, егъэджакIуэр пщыхьэщхьэм бзыщIауэ къокIуэ жи, зыми зыкъримыгъэлъагъууи, къажреIэ: «АфIэкIа сыкъэкIуэфынукъым. Сраджэри, «Пщыхэм я бынхэр ебгъэджэну иджыри зэ укIуэмэ, мыр, мор уэтщIэнущ», - къызжаIащ». Мис апхуэдэу къэнащ ди анэр илъэситI-щы фIэкIа емыджэу, апхуэдэ гупсысэкIэ куу иIэу. Ауэ ар иджыщ къыщызгурыIуэр.
Адыгэхэр дызэрыIыгъыфыркъым-тIэ. Гугъу дызэрегъэхьын тфIэфIщ. 1952 гъэм ди адэм зыгуэр «къыкIэщIэтхыхьат». Нобэми тщIэркъым зытхар хэтми. Пщым и къуэти, езыри пщы лъэпкъти сытти жаIэурэ. Ди адэр подполковникт, нобэ-пщэдей полковник ящIын хуейуэ. НтIэ, ди адэм къыкIэщIэтхыхьын щыщIадзэм, ди анэр «Дыдеи къэсынущ», - жиIэри шынащ. «Грамотэ» жаIэу тхылъ гуэр унэм щIэлъауэ жаIэж. Пащтыхьым Iэ щIидза хьэмэрэ и мыхъур тетт, сытми, уэркъ лъэпкъым дыкъызэрыхэкIар зэрыт тхылъ, сэ слъагъуххакъым. МыбыкIэ «унэ лъапсэ» зэрыжытIэм хуэдэу, Баку «пщIантIэ» жаIэ. Псынэм ещхьу хъурейуэ унагъуэ зыбжанэ зэхэст, зы куэбжэ зэдагъэбыдэжу. Ди анэшыпхъум и унагъуэмрэ дэрэ дызэбгъурыс зэпытт. Арати, зэрыжаIэжымкIэ, жэщу, зыми имылъагъун хуэдэу, а «Грамотэ» зэкIуэцIышыхьамрэ ар зэрагъэсын гъущI тепщэчрэ здыщIахри, ди анэмрэ (и цIэр Лейлэт) и шыпхъу Кърымхъанрэ тхылъыр дунейм трагъэбзэхыкIауэ щытащ.
- Баку фыщыщыIэм?
- Абы дызэрыщыIэм хуэдэу нытлъэIэсхэрт. Хэкум дызэрикIам хуэдэу.
- Пщымахуэ Тыркум унагъуэщIэ щиухуэжауэ итщ тхылъхэм?
- Пэжщ, Нафисэтт и щхьэгъусэм и цIэр. Псыхуабэ Пщымахуэ ипхъу дэсащ, Заирэ и цIэу. Сипхъуми Заирэ фIэсщащ абы и фэеплъу. Ари дохутыру зауэм хэтащ. И анэм Пщымахуэ теухуауэ къитха письмохэр сигъэлъэгъуауэ щытащ. Нэмыцэу тхылъхэм иратхащ, ауэ урыс бзылъхугъэт. Хьэтэжьыкъуэр си гъусэу Заирэ ипхъу Ваякинэ Аллэ тлъагъуну дыкIуауэ щытащ Псыхуабэ. Плъагъуркъэ, ар нэгъунэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къыдэтIысхьэжын шынэри, Псыхуабэ щытIысат.
- Тыркум щыпсэуху, дауи, фызылъэIэсу щытакъым.
- Дауэ дызэлъэIэсынт, уагъэкIуэдынут. А зэманым «Хамэ къэралым благъэ щыуиIэ?» - жаIэу иратхэу щытакъэ къэрал дэфтэрхэм. «СиIэкъым», - истхэрт сэри, партым сыхэтти. Ауэ иужькIэ, 1990 гъэхэм, тIэкIу нэхъ хуит хъуа нэужь, къэдгъуэтыжат зыгуэрхэр.
Си анэ дэлъху Батырбэч Америкэм щыпсэуащ, 1993 гъэм дунейм ехыжауэ аращ. Зауэ зэманым нэмыцэ-хэм гъэру зэраIыгъам щхьэкIэ къэмыкIуэжу къэнат. Пэжу ищIат икIи ягъэпсэунутэкъым. Баку, сощIэж, ермэлы щIалитI илъэсищкIэ Сыбырым хьэпсым щрагъэсат, зывмыукIыжу нэмыцэхэм гъэр зевгъэщIащ, жаIэри. Арати, си анэ дэлъхум и пхъум IуэрыIуатэжурэ къигъуэтыжри, хьэщIапIи кIуауэ щытащ и деж. Мис абы зыгуэрхэр къыджиIэжауэ аращ.
Пщымахуэ Тыркум щыпсэуащ икIи щылIэжащ. Къулыкъушхуи иIыгъащ, зэрыжаIэжымкIэ. Нобэ «ООН» жыхуэтIэм щхьэкIэ а зэманым «Лъэпкъхэм я лигэ» жаIэу щытащ. НтIэ, мис а Лигэм Тыркум и лIыкIуэу хэтауэ жаIэ Пщымахуэ.
Куэцэ-зэщхьэгъусэхэмрэ я ныбжьэгъухэмрэ.
Епсэлъар Чэрим Марианнэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1994.txt"
} |
Мэрем пшыхь
Хабзэ
Къуажэм ящыщ зыгуэрым щIалэ хьэщIэ къахуэкIуамэ, жылэм джэгу е нэгъуэщI нэгузыужь Iуэхугъуэ гуэр щыIэмэ, абы яшэрт. ХьэщIэр ирагъэблагъэрти, гуп зыхэс здэщыIэм щIашэрт. Ирагъафэ-ирагъашхэрт, къыщIашыжырти джэгум Iуашэрт.
А унагъуэм нэхъ и гъунэгъуу щыт хъыджэбзхэм фадэбжьэ къыхуахьырт. Джэгум Iутхэм хэгъэрей зыкъыхуащIырт, нэжэгужэу къыбгъурыувэхэрт.
ХьэщIэм и гупэмкIэ цIыху къэуву джэгум Iут нэхъыжьхэм ядэртэкъым, «ХьэщIэр щIыбагъ умыщI!» - жаIэрти.
Ауэ нэхъыбэрэ къызэрыхъу хабзэти, щIалэ хьэщIэ къахуэкIуамэ, къуажэм шыгукIэ хыхьэрти, хъыджэбзхэр, я адэ-анэм елъэIуурэ, къыхашырти, джэгу хуащIырт. Хъыджэбзхэр епIэщIэкIыу къыхашу зылъагъу щIалэхэр епIэщIэкIыу, езыр-езыру къызэхуэсхэрт.
Iуэхур къызэрагъэпэщыху, щIалэ хьэщIэм Iэнэ къыхуащтэрт. Хуэмурэ щIалэхэр къызэхуэсырти, джэгур зэхаублэрт. Зы зэман хьэщIэхэр къыщIашырт. «ХьэщIэ щыIэщ, фытекIуэт!» - жаIэрти джэгум Iутхэр зэлъыIукIуэтырт. ЩIалэхэр къэкIуатэрти фIэхъус кърахырт, зыхуэфащэхэри къыбгъэдэувэрт. Утыкур инт, щIалэхэр зы лъэныкъуэмкIэ, хъыджэбзхэр нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ щызэхэтт. Джэгур езыгъэкIуэкIым къэфэнуми, пшынэ зэхъуэкIын, Iэгу еуэн хуейми я унафэ ещI.
ХьэщIэр къыщыфэкIэ пшынэри Iэгури щIагъэхуабжьэрт, нэмыс хуащIу. ХьэщIэр къыщыфэнум, «фыкъыдэмыж, хьэщIэ щыIэщ!» - жаIэрти, адрейхэр утыку кърагъэхьэртэкъым. ХьэщIэр къыдашырт. Хъыджбзхэм ящыщу нэхъ дахэр, зэкIужыр е пшынауэр къыхудашырти, къыдагъафэрт. Хэгъэрейхэм ящыщ зыгуэркIэ утыку къихьауэ хьэщIэр къагъэфэну мурад ящIамэ, а къыдэкIам игъэзэжырти, и пIэ иувэжырт. Апхуэдэ щIыкIэкIэ хьэщIэм пщIэ зэрыхуищIыр къигъэлъагъуэрт.
Джэгум Iут хъыджэбзхэр Iэгу еуэртэкъым адыгэ хабзэмкIэ. Ауэ хьэщIэр къыщыфэкIэ хъыджэбзхэри Iэгу еуэрт, хьэщIэр ягъэлъапIэу.
* * *
Адыгэр хьэщIэкIэ зэрыфIым ещхьыркъабзэу, ерыскъыкIи хьэлэлт, «си шыгъупIастэ цIыхум ишхарэт», - жиIэу апхуэдэт. Адыгэ лIыжьхэм я шхэгъуэр къыщысами, зыщагъэгувэ щыIэт, «зыгуэр къыдыхьамэ, дызэдэшхэнт», - жаIэу.
Бысымыр и куэбжэпэм щыту, къуажэм къыдыхьа хьэщIэ гуэр блэкIыу сэлам къритамэ, фIэхъусыр къыIихти, «еблагъэ, зодгъэгъэпсэхунщ, хьэщIэ утщIынщ, бысым уимыIэмэ!» - жриIэрт. Ар зыжриIа хьэщIэр, жэщым а къуажэм къыдэнэн хъурэ, бысым имыIэмэ, къигъэкIэрэхъуэжырти, еблагъэ къыжезыIам и деж щепсыхырт. Ар бысымым пщIэ къыхуащIауэ, щIыхьу къилъытэрт.
Адыгэ бысымыр хьэщIэм щихъуэжыр зэзэмызэххэт. Апхуэдэ къыщыхъуми, а хьэдыгъуэдахэр къуажэ псом зэлъащIысырт. Бысымым и дежкIэ ар напэтехт.
ХьэщIэм и дежкIи бысымхъуэж ищIыныр къекIуртэкъым. «Бысымхъуэж зыщIым чыцI ажэ хуаукI», - жаIэу псалъэжь щыIэщ. Бысымхъуэж зыщIа хьэщIэм чыцIыхъу хуаукIырт, «бысымхъуэж щыпщIакIэ, аращ уэ пхуэфащэр», - жиIэу къикIыу.
«ХьэщIэр Алыхьым и хьэщIэщ, Алыхьым нэужькIэ дэ ди хьэщIэщ», «ХьэщIэр угъурлыщ, фIыгъуэ къыдокIуэ», - жаIэрти, яIэ псомкIи ягъэхьэщIэрт щыгуфIыкIыу.
Щоджэн Хьэзешэ.
Адыгэ лIакъуэхэр
Ижь-ижьыж лъандэрэ бжьэдыгъухэр тенджыз ФIыцIэм и Iуфэм – ТIуапсырэ Шачэрэ (Сочирэ) я зэхуакум щыпсэуащ. Ахэр къэгъуэгурыкIуащ тIууэ гуэшауэ – хъымыщейхэмрэ чэчэнейхэмрэ. XVII лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм бжьэдыгъухэм тенджыз Iуфэр ябгынэри Кавказ къуршхэм я ищхъэрэ лъэныкъуэр хэщIапIэ ящIащ. XVII лIэщIыгъуэм икIэхэм абыхэм яIыгъащ IэфIыпс псыхъуэм къыщегъэжьауэ Пшышэ нэс.
XVIII-XIX лIэщIыгъуэхэм я щхьэхуитыныгъэм папщIэ бжьэдыгъу мэкъумэшыщIэхэм бэнэныгъэ гуащIэ ирагъэкIуэкIащ. 1796 гъэм щыIа Бзиикъуэ зауэм къыщыщIэдзауэ 1856 гъэ пщIондэ ар екIуэкIащ, зэм гъэпщылIакIуэхэр, зэми лэжьакIуэбэр текIуэу. Уэркъ-мэкъумэшыщIэ зауэр 1856 гъэм иухащ, пщы-уэркъхэр хэкум ирахуауэ, республикэ псэукIэ лъахэм щагъэпсауэ. Абы и унафэр цIыху 18 зыхэт тхьэрыIуэ хасэм и IэмыщIэ илът. Бжьэдыгъухэм я республикэр зэрыщыIар илъэсищ къудейщ - 1859 гъэм лъахэр урыс пащтыхьыдзэм иубыдри адыгэхэм я демократ псэукIэр икъутэжащ.
Иджыпсту бжьэдыгъухэр зэуIуу щопсэу Адыгэ Республикэм, Краснодар крайм, Тыркум. Бжьэдыгъухэр адыгеибзэм (кIахэ адыгэбзэм) иропсалъэ.
Пасэм щыгъуэ жэнэ адыгэ лъэпкъым и цIыхухэр куэд хъууэ, щIышхуи яIыгъыу щытащ. Ахэр щыпсэуащ Псыжь и ижьырабгъу бгъуэщIым. Жэнейхэм я щIым къуэкIыпIэмкIи къухьэпIэмкIи жыжьэу зыщиукъуэдийрт, ипщэ лъэныкъуэмкIэ ар Кавказ къуршхэм еуалIэрт. Хуэбгъэфащэ хъунущ, жэнейхэм езыхэм нэхърэ нэхъ гуащIэмащIэ лъэпкъхэр зрагъэдаIуэу, ахэри яхэту тхыдэ тхыгъэжьхэм кIахэ адыгэу къыхэщхэрауэ.
Жэней адыгэ лъэпкъым щхьэхуитыныгъэр зыпищI щымыIэу къэгъуэгурыкIуащ. Ахэр лIыгъэ яхэлъу куэдрэ езэуащ кърым тэтэрхэм. Тенджыз ФIыцIэм и Iуфэм пащтыхь быдапIэхэр щагъэуву, къэзакъхэр къыIуагъэтIысхьэу хуежьа нэужь, жэнейхэм Псыжь и сэмэгурабгъу лъэныкъуэр хэщIапIэ ящIащ. Пщыхэмрэ уэркъхэмрэ зыхэмыкI зауэ кIыхьхэм, Кавказ зауэжьым, ИстамбылакIуэм жэней адыгэхэм ящыщу къелар мащIэщ. Иджы зэгуэр лъэщу щыта жэней лъэпкъым щыщу къэнахэм я жылэр Пщыщ псым Iус Чэрэней и закъуэщ.
Жэнейхэр, адыгей литературэбзэм иропсалъэ.
ГушыIэ
Пасэ зэманыжьым ДаутэчкIэ еджэу зы лIыжь цIыкIу гуэр къуажэм дэсащ. Ар чы-бжэгъум къыхэщIыкIа бгъэныщхьэ унэ лъэбышэжь цIыкIум щыпсэурт. Нэхъыбэм абы и унагъуэм пцIащхъуэм худрапхъеин ерыскъы илътэкъым. Абы и унагъуэр зыкъуэсыр хьэнтхъупс нэкIэпсыжэрэ къалмыкъ шей къарэрэт.
Даутэч лъагъунлъагъу и щхьэусыгъуэу хьэщIапIэ кIуэрейт. Мыбдеж абы и Iуэхур нэхъ къыщикIырт: нэхъ ерыскъы щIэщыгъуэ гуэрхэр кърагъэшхырти, къаутIыпщыжырт. Ауэ и гъаблэгур зэи зэрыхуимыгъэкIым иригъэсауэ, абы шхэкIэ хьэлэмэт иIэт. Псалъэм папщIэ, шатэрэ пIастэрэ къытрагъэувамэ, пIастэм нэхъ трикъузэрти, шатэр къыкIэригъэхурт. ИтIанэ: «ПIастэр мащIэщ, шатэр куэдщ ди шыпхъу!» - жиIэрти, унэгуащэм хъыбар иригъащIэрт. Абы иужькIэ шатэм нэхъ трикъузэрти, пIастэр и ужь къригъанэрт. Аргуэрыжьти: «Шатэр мащIэщ, пIастэр куэдщ, ди шыпхъу!» - жиIэрти, унэгуащэм егуоурт. Апхуэдэххэт: «ПIастэр мащIэщ, шатэр куэдщ; шатэр мащIэщ, пIастэр куэдщ!» - жиIэурэ и ныбэр къэпкIыху щыст.
Зэгуэр Даутэч хьэщIапIэ щыIауэ къэкIуэжащ. Унэм зэрыщIыхьэжу, абы и щхьэгъусэм хьэнтхъупс нэкIэпсыжэ къыхутригъэуващ: «Тобэ, тобэ! - жиIащ Даутэч, хьэнтхъупсыр бжэмышхкIэ зэIищIэурэ. – Сыту гъэщIэгъуэн мыр? Мы ди гъащIэр пкIэлъейм хуэдэщ: зэ уеIэтри шатэмрэ пIастэмрэ убгъэдегъэтIысхьэ, зэи укъредзыхыжри хьэнтхъупс нэкIэпсыжэм укъыбгъэдегъэхутэж!»
Даутэч зы хьэнтхъупс бжэмышх къыхихри еIубащ. ЩеIубым зы хугу хьэдзэ цIыкIу къызэрыпэщIэхуам щыгуфIыкIри: «Сэламун-хьэлейкум, хугу цIыкIу!» - жиIэри сэлам ирихащ. Абы иужькIэ мащIэу зыIурыбзаери:
- Уа, фызыжь, мы уи хьэнтхъупсыр сыту мышу хуэдэ?! – жиIэри и щхьэгъусэм хущIэплъащ.
Фызыжьыр факъырагъэм зи щхьэр иригъэужэгъуауэ тэмакъкIэщI гуэрти:
- Сыт мыбы мышыути шыугъэти жыхуиIэр? – жиIэщ, къеуэри лIыжьыми пыIэ къуацэр къыщхьэриудащ.
Даутэчи, къэрабгъэ гуэрти, гужьейри, щIыбым къыщIэлъэтащ. КъыщIэлъэтри бжэщхьэIум деж увыжауэ щытт: «Ярэби, мышыути шыугъэти жызмыIэу, сыщIыхьэу си пыIэр къыщIэсхыжын?» - жиIэу.
Ауэ, пцIы сыт щхьэкIэ упсын хуей: къыщIихыжыфарэ къыщIимыхыжыфарэ сщIэркъым.
Дудар Хьэутий.
ЖыIэгъуэхэр
♦Фадэм кърихур гум илъым и закъуэкъым, щхьэм илъри дегъакIуэ.
♦Лъыхъу куэд зиIэр къыдэнэри, зы закъуэ фIэкIа къызылъымыхъуар яшащ.
♦Фадэ пIащIэм лъэр щIеуд.
♦Абы и пэжыр бжыхьым ирапхащ.
♦Зи псалъэ темытыжым жыхьэнмэр и унапIэщI.
♦Щхьэ зимыIэм сыт щхьэц зэрищIынур?
♦ПцIы зыупсрэ псэ фIейрэ.
♦УщIалэну фIыщ, ауэ ущIалэфIыну нэхъыфIыжщ.
♦«И шыфэлIыфэр сыт хуэдэт?», - жаIэу щыщIэупщIэм, шыфи лIыфи имыIэу къыщIэкIащ.
♦Телъыджэ слъэгъуащ, жыпIэу умыгъэщIагъуэ, щIагъуэ щыплъагъунур япэкIэщ.
♦МыхъуакIуэуи былым щыIэщ.
♦Алыхьыр къыпхуэупсэнумэ, псэуэгъу тынш къует.
♦ЩIалэм щIалэ и Iуэхущ, жьым и Iуэхур сыт?
♦Хьэрэмыр зищIысыр зымыщIэм, хьэлэлми хищIыкI щыIэкъым.
♦Банэр хьэхэм я закъуэкъым.
♦Бзу пэтрэ иIэ мащIэмкIэ и лъэпкъэгъухэм ядогуашэ.
♦Вы тIыса имыгъэтэджми, цIыхур имыгъэтIысу кърехуэкI.
♦Бзуубзэр умыщIэми хъунущ, уи бзэр пщIэжмэ.
♦Кхъужь мыхъур щылъмэ, мэтIыгъуэ, мыIэрысэ мыхъур щылъмэ, мэф.
♦МафIэм имыс яжьэ хъуркъым.
♦КIуапIэ зимыIэм жапIэ дэнэ кърихын?
♦Iэжьэгъур хэкIуадэри зэзауитIыр зэкIужащ.
♦УкIытэ зиIэ бей хъурэ?
♦ЩIыхуэ къыщыпщтэкIэ, зэрыптыжын хуейри пщIапхъэщ.
♦Псапэхьэ ежьати, гуэныхь къихьри къэкIуэжащ.
♦ЩIэблэ къызыщIэмыхъуэр лъэпкъ хъуркъым.
КIуантIэ Iэзид.
Ущие зыхэлъ хъыбар
Хъуэжэрэ Дизыкъуажэрэ зэныбжьэгъушхуэт. Зэгуэрым а тIур зэхуэзауэ Хъуэжэ Дизыкъуажэ еупщIащ:
- Дауэ губзыгъэмрэ делэмрэ зэрызыхэбгъэкIынур? – жиIэри.
- Iау, Хъуэжэ, а упщIэмкIэ сэ зыкъысхуумыгъазэу Жэбагъы уеупщIамэ, абы и деж жэуап тэмэм нэхъ щыбгъуэтынт.
- Сыту гъэщIэгъуэн, жыпIэрэ уэ?! Жэбагъы псэужамэ, шэч хэмылъу, а упщIэр абы фIэзмыхынт.
- Сыт щхьэкIэ, уэ иджыри къэс ущымыгъуазэу ара ди зэманми Жэбагъы дызэриIэм?
- Уэ зи гугъу пщIыр философышхуэ жаIэу кърашэкIырагъэнщ. Хьэуэ, апхуэдэ «цIыхушхуэхэм» я зэманыр ди упщIэ мыхьэнэншэхэмкIэ дгъэкIуэдынкъым, - жиIащ пыгуфIыкIыурэ Хъуэжэ.
- АтIэ, апхуэдэ упщIэр сэ къыщызэпхьэлIакIэ, си еплъыкIэр бжесIэнщ, - жиIащ Дизыкъуажэ. - Губзыгъэм хузэфIэмыкIынумкIэ цIыхур къигъэгугъэркъым. Iуэху иIэмэ, зэрыхъунур зыпимылъытауэ, кърихьэжьэнукъым. ЗыгуэркIэ щыуагъэ IэщIэкIамэ, и щхьэр зэригъэзэхуэжынум хэмыту, и къуаншагъэмкIэ зиумысыжыфынущ. КъищынэмыщIауэ, «къуэгъэнапIэ фочауэ» жыхуаIэ хьэлым фIыуэ хуэхейуэ щытынущ. Аращ сэ уи упщIэм и жэуап нэхъыщхьэу къэслъытэр. АдэкIэ уэ узэреплъщ, Хъуэжэ.
Пщыбий СулътIан.
Фэ фщIэрэ?
Европэм и Iуащхьэ нэхъ лъагэ дыдэ Iуащхьэмахуэ (Эльбрус) ижь-ижьыж лъандэрэ лъэпкъ куэдым фIыуэ яцIыху икIи ялъагъу. Лъэпкъ къэси абы езым и цIэ фIищащ.
«Эльбрус» псалъэр персыбзэщ, «Iуащхьэ лъагэ» жиIэу аращ. Иранми абы ещхь Iуащхьэ щыIэщ, «Эльбрус»-кIэ еджэу. Абхъазхэм «Орфитуб» жаIэ – «ФIыгъуэ къызыдэкIуэ Iуащхьэ» жиIэу аращ. Балъкъэрхэм «Минги Тау» жаIэ – «Минхэм я Iуащхьэ» къикIыу». Адыгэхэм «Iуащхьэмахуэ» жаIэ – «Насып къызыдэкIуэ Iуащхьэ» кърагъэкIыу.
ЯпэщIыкIэ псалъэхэр, пычыгъуэхэр къызэрыкI сурэт цIыкIухэр къагупсысащ. Нэхъ кIасэIуэу финикийсондэджэрхэм хьэрф языныкъуэхэр кърагъэжьащ, ауэ ахэр хьэрф дэкIуашэт. ИтIанэ ди эрэм и пэкIэ IX-VIII лIэщIыгъуэхэм пасэрей алыджхэм хьэрфзешэхэри кърагъэжьащ икIи абыхэм я тхыбзэр «альфэрэ» «бетэу» зэхэтт.
Урысхэм я деж ар къэсащ икIи славяныбзэкIэ «аз», «бука» хъуащ, абыи къытекIащ «азбука» псалъэр. Дунейм тет лъэпкъхэм я нэхъыбэм езым я алыфбей къагупсысакъым, нэгъуэщIхэм яйхэр къагъэсэбэпауэ аращ. Дэри, адыгэхэми, урыс алфавитыр къыдогъэсэбэп.
Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1995.txt"
} |
КIуэкIуэ Казбек: «Срипагэу аращ си адэм зыгуэркIэ срагъапщэмэ»
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек мэкъуауэгъуэм и 21-м яIущIащ федеральнэ, щIыналъэ, муниципальнэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я журналистхэм.
Пресс-конференцым КъБР-м и Iэтащхьэм упщIэ 40-м нэблагъэм жэуап щритащ. Ахэр ятеухуат коронавирусым мы зэманым зэрыпэщIэтым, республикэм и зыгъэпсэхупIэхэм зэрызрагъэужьым, узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэр зэрырагъэфIакIуэм, цIыхухэр хущхъуэкIэ къызэрызэрагъэпэщым, мэкъумэш, инвестицэ Iуэхухэм, республикэм и гъуэгухэм, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм зэрызегъэужьыпхъэм. ЩIыналъэм и Iэтащхьэр къытеувыIащ республикэм и псы Iуфэхэр емыгъэуфIеиным, цIыхухэр псыкIэ къызэрагъэпэщыным, Къэбэрдей-Балъкъэрым спортым зыщегъэужьыным теухуауэ щIапхъэу къилъытэм. Апхуэдэуи КъБР-м и Iэтащхьэр журналистхэм ядэгуэшащ, и лэжьыгъэм къищынэмыщIа, зыдихьэххэмкIэ, къару къыхэзылъхьэхэмкIэ.
Узыншагъэ Iуэхур
Псом япэу КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ республикэ унафэщIхэм я IуэхущIафэмрэ щIыналъэм и жылагъуэ, политикэ, экономикэ Iуэхухэр зыхуэдэмрэ цIыхухэр зэпымыууэ щыгъуазэу щытын зэрыхуейр.
- Иджыпсту нэхъыбэу цIыхухэр зыщIэупщIэр коронавирусым и щытыкIэмрэ абы пэщIэтыфыну хущхъуэр зэрыхалъхьэмрэщ. ХъыбарегъащIэ IэнатIэ псоми фIыщIэ яхуэсщIыну сыхуейт мы Iуэхум цIыхухэр зэрыхэвгъэгъуазэм щхьэкIэ. Къапщтэмэ, иужьрей зэманым хэпщIыкIыу республикэм нэхъыбэ щыхъуащ вакцинэр зыхезыгъэIуахэм я бжыгъэр икIи ахэр нобэ цIыху мин 51 -рэ 400-рэ мэхъу. Иужьрей тхьэмахуэм и закъуэ къапщтэмэ, цIыху мини 7-м щIигъум хущхъуэр зыхрагъэлъхьащ. Псоми къыдгурыIуэн хуейщ коронавирусым дызэрыпэщIэтыфыну Iэмал нэхъыщхьэ дыдэр хущхъуэр зыхэлъхьэныр зэрыарар, - жиIащ КIуэкIуэм.
КъБР-м и Iэтащхьэм япэу ирата упщIэри зытеухуауэ щытар дохутырхэр иджыпсту зыпэрыт IэнатIэ мытыншыр къэлъытауэ, адэкIэ абыхэм я улахуэм зэрыхущIагъунырщ. КъБР-м и Iэтащхьэм жиIащ а Iуэхум теухуауэ иджыри унафэ зэрыщымыIэр, ауэ ар Урысей псом щызэхуэдэу зэрыщытынур.
Льготэ зиIэхэм пщIэншэу хущхъуэ зэрыратым гугъуехьхэр зэрыпылъми зэIущIэм къыщытеувыIащ. КIуэкIуэ Казбек жиIащ иужьрей илъэситIым а Iуэхум хухах ахъшэм хуэдитIкIэ зэрыхагъэхъуар, сом мелуан 400-м нэблагъэу (сом мелуани 176-уэ щытати). Абыи къищынэмыщIауэ, 2021гъэм иджыри проценти 10-кIэ а бжыгъэм хагъэхъуэну я мурадщ. КIуэкIуэм дыщIигъуащ зы илъэс дэкIмэ, льготэ зиIэ псори хущхъуэхэмкIэ къызэрагъэпэщыфу хъуну зэрыгугъэр.
КъБР-м и Iэтащхьэр узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэхэр зэрырагъэфIакIуэ лэжьыгъэм щытепсэлъыхьым жиIащ ягъэбелджыла программэм тету IуэхущIапIэ 50-м зэрелэжьынур: 13-р щIэуэ яухуэнущ, адрейхэр зэрагъэпэщыжынущ. А Iуэхухэм сом мелард 1,2-рэ текIуэдэну хуагъэфащэ.
- ЗэрыфщIэщи, Налшык къалэм и поликлиникэхэр зэгъэпэщыжыным и ужь дихьащ, апхуэдэуи Аушыджэр къуажэм амбулаторэ щыухуэн щIадзащ. Мы Iуэхум гулъытэшхуэ хуэтщIын хуейуэ къызолъытэ, федеральнэ ахъшэр иримыкъумэ, республикэм и мылъкум щыщи хэтлъхьэу, - жиIащ республикэм и Iэтащхьэм. - ЦIыху гъащIэм дежкIэ нэхъыщхьэ дыдэу щыт мы IэнатIэр - узыншагъэр хъумэныр, икIи ар лъагапIэщIэхэм нэдгъэсыпхъэщ. Псалъэм къыдэкIуэу, Налшык къалэм поликлиникэщIэ щытщIыну ди мурадщ. Фызэрыщыгъуазэщи, иджыпсту поликлиникэ №1-м цIыху мин 78-м щIигъу епхащ, ауэ апхуэдиз цIыхум IуэхущIапIэр тещIыхьауэ щыткъыми, гугъуехьхэр кърокIуэ. Абы къыхэкIыу къалащхьэм поликлиникэщIэр 2023 гъэм ирихьэлIэу цIыхухэм хьэзыр щахуэтщIыну тыдоухуэ.
Журналистхэр щIэупщIащ вакцинэр зэхрагъэлъхьэн хуейуэ цIыхухэм зэрыпаубыд унафэм хуэдэ ди республикэм щыIэнрэ-щымыIэнрэ. КIуэкIуэм жиIащ коронавирусым и щытыкIэр дызэрыт зэманым зэрызэпIэзэрытыр икIи апхуэдэ Iэмалыншагъэ зэкIэ зэрыщымыIэр. «Москва щытыкIэр нэгъуэщIщ, къалэр инщ, цIыху куэд щызэблокI. Аращ апхуэдэ унафэ ящIын хуей щIэхъуар», - къыхигъэщащ республикэм и Iэтащхьэм.
Туризмэр
Къэбэрдей-Балъкъэрым и зыгъэпсэхупIэхэм зэрызрагъэужьыну щIыкIэм теухуа упщIэм жэуап щритым, республикэм и Iэтащхьэм къыхигъэщащ иджыпсту къэрал кIуэцI туризмэм гулъытэшхуэ зэрыхуащIыр, абы и щапхъэу къыхигъэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Ипщэ Гуэл щхъуантIэхэм ягъуэта зэхъуэкIыныгъэр.
- Апхуэдэ проект гъэщIэгъуэнхэр иджыри Шэрэдж, Шэджэм аузхэм щыдгъэзэщIэну ди гугъэщ, - жиIащ КIуэкIуэ Казбек. - Зэман гъунэгъум дызэлэжьын хуейуэ къэслъытэхэм ящыщщ узыншагъэр щрагъэфIэкIуэж IуэхущIапIэхэм Налшык къалэм зыщедгъэужьыжыныр. Къэбгъэлъагъуэмэ, санаторэхэмрэ хьэщIэщхэмрэ ятеухуауэ Налшык къалэм проекти 10-м дыщелэжьыну ди мурадщ. Шэджэм аузым дыкъытеувыIэмэ, догупсыс Башиль, Шэджэм турбазэхэм нэсу гъуэгу щыухуэнымрэ зэIузэпэщ щIынымрэ. Шэч хэмылъу, дыхуейщ нобэрей гъащIэм къезэгъ, иджырей мардэхэм тет Iуэхутхьэбзэхэр ди цIыхухэм ягъуэтыну.
Туризм Iуэхур зэрырагъэфIакIуэм хыхьэу, КъБР-м и Iэтащхьэм жиIащ «Кавказ Ищхъэрэм и зыгъэпсэхупIэхэр» IуэхущIапIэм 2024 гъэ пщIондэ Iуащхьэмахуэ лъапэ зегъэужьыным сом мелард 14 хилъхьэн зэрыхуейр. Абы къызэщIеубыдэ кIапсэ гъуэгущIэхэр ухуэнри бгы лыжэ къежэхыпIэхэм зегъэубгъунри.
Журналистхэм я лэжьыгъэм теухуауэ
КIуэкIуэ Казбек жиIащ республикэм и хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм, журналист зэгухьэныгъэм зегъэужьынми мыхьэнэшхуэ зэриIэр. «СызэреплъымкIэ, республикэм и къэрал хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм заужьын хуэдэу иджыри къэс гулъытэ нэс яIакъым. Абы кърикIуаращи, и кIэм нэсу зэхамыгъэкI хъыбарыщIэхэр нобэ социальнэ сетхэм куэду къралъхьэ хъуащ, - жиIащ абы. - Нобэ дызытелэжьыхьын хуейр нэтынхэр нэхъыфIу трегъэхыным, махуэми жэщми къриубыдэу ахэр къагъэлъагъуэу щIыным, тхыгъэ къытрадзэхэр нэхъыбэ щIыным я закъуэкъым. Журналистым и лэжьыгъэм и мыхьэнэр къэIэтын, я гуащIэм къыпэкIуэу гъэгушхуэн хуейуэ къызолъытэ, зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэхэр къызэдгъэпэщурэ е саугъэт хэхахэр лэжьыгъэ гуэрхэм хухэтхыурэ. Журналистым и пщIэр къэтIэтмэ, а IэнатIэм щIэупщIи иIэнущ».
Сыт къару къезытыр
щIыналъэм и Iэтащхьэм?
Зэрызигъэпсэху щIыкIэм, зыдихьэххэм теухуауэ КъБР-м и Iэтащхьэм упщIэ щратым, абы жиIащ республикэм и щIыналъэхэм кIуэну зэрыфIэфIыр, ди щIыуэпсыр зригъэлъагъумэ е зыщIыпIэ деж зы пщIантIэ цIыкIу, щIы Iыхьэ гуэр, зы унащхьэ зэрызэрагъэпэщыжам гу лъитэмэ, нэхъ зыгъэгушхуэ зэрыщымыIэр, ахэр и къару къигъэхъуапIэ зэрыхъур. «Унагъуэмрэ республикэм и Iуэхухэмрэщ сэ си гъащIэр, си гукъыдэжыр къэзыIэтыр», - къыхигъэщащ абы.
И адэ КIуэкIуэ Валерэ зэрырагъапщэр зэран хуэхъурэ хуэмыхъурэ еупщIащ КъБР-м и Iэтащхьэм.
- ЦIыхухэм зэхуэмыдэу къагурыIуэнкIэ хъунщ, ауэ мыпхуэдэу абы жэуап естынут: си адэм сызыхуигъэIущахэм я фIыгъэщ жэуаплыныгъэ зыпылъ мы къулыкъум нобэ сызэрыпэрытыр. Аращ си лъахэр фIыуэ слъагъуу сезыгъэсар, аращ цIыхухэм пщIэ яхуэщIынымрэ ядэIэпыкъунымрэ сыхуэзыгъэIущар. Абы къыхэкIыу, срипагэу аращ си адэм зыгуэркIэ срагъапщэмэ, - жиIащ КIуэкIуэм.
«Уи адэм и сыхьэтыр зэрумыхыу зепхьэр пэж?» - еупщIащ журналистхэр КIуэкIуэ Казбек. «Пэжщ. Ар 2003 гъэм и Iэпщэм кърихри, илъэс 30 сыщыхъум къызитауэ щытащ», - жэуап къитащ.
Апхуэдэуи КъБР-м и Iэтащхьэм журналистхэм яжриIащ и пхъуитIым зыр Москва, адрейр ди Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и медицинэ факультетым зэрыщеджэр. «ЩIэблэм езым я щхьэкIэ къыхахыжын хуейщ зэрыкIуэну гъуэгур. Дэ сыт щыгъуи дыхущIокъу абы къыхаха унэтIыныгъэр ядэтIыгъыну. Ди къэрал университетыр адрей еджапIэ нэхъыщхьэхэм зыкIи къыкIэрыхуу къэслъытэркъым, гукъыдэж яIэххэмэ, щIэныгъэ куу абдеж зэрыщызэрагъэгъуэтыфынум шэч къытесхьэркъым», - дыщIигъуащ КIуэкIуэ Казбек.
БАГЪЭТЫР Луизэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1996.txt"
} |
КIэух зэIущIэхэми гур къыщIаубыдакъым
«Спартак-Налшыкым» и тренер нэхъыщхьэм и къулыкъум Шакъ Ашэмэз зэрыпрагъэувэрэ ди щIалэхэм ирагъэкIуэкIа зэIущIэхэр иджыри къэс мыIейуэ къехъулIат. Джэгугъуищым тIэунейрэ щытекIуат, ещанэми къыщыхагъэщIатэкъым. Зы лъэныкъуэкIэ ар гъуэзэджэт. Абы щыгъуэми зыщыдгъэгъупщэртэкъым налшыкдэсхэм къапэщIэтахэр зэхьэзэхуэм къыщыкIэрыхухэр зэрыарар: «Интер»-р - епщыкIутхуанэт, «ТIуапсыр» - епщыкIуханэт, «Мэшыкъуэ-КМВ»-р – епщыкIутIанэт. Зэпеуэм командэ пщыкIубл фIэкIа зэрыхэмытыр къэплъытэмэ, абыхэм зэратекIуэн хуейр хьэкът. Апхуэдэу щыт пэтми, гупыр зэкъуэувэжыну, тегушхуэну Iэмал ягъуэтат. Арати, дызэресауэ, адэкIи фIым дыпэплъэрт.
Мэкъуауэгъуэм и 2-м къытхуеблэгъа Таганрог и «Форте»-м ди гугъуэфIхэр зэуэ къызэпиудащ. Къызэрызэрагъэпэщрэ куэд мыщIами, абы и тренер нэхъыщхьэ Гордеев Андрей гуп хъарзынэ зэкъуигъэуват. Хьэлэмэтрати, мы зэIущIэм и пэм къихуэу хьэщIэхэмрэ хэгъэрейхэмрэ турнир таблицэм ебланэ-еянэ увыпIэхэр щызэдагуэшырт, топ дагъэкIахэмрэ къыхудагъэкIахэмрэ къищынамыщIауэ адрей бжыгъэ псомкIи къанэ щымыIэу зэтехуэу. ЖыпIэнурамэ, «Спартак-Налшыкымрэ» «Форте»-мрэ зэхуэфащэ дыдэ зэхьэрхуэрэгъут. Абы зыкъомкIэ IупщI къищIыпхъэт нобэрей ди командэм и зэфIэкI нэсыр.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм зэIущIэр зэрыщекIуэкIым хэгъэрейхэм тегушхуэныгъэ нэхъ къахилъхьэрт. Аращ ахэр япэ дакъикъэхэм щыщIэдзауэ ерыщу икIи къаруушхуэкIэ ебгъэрыкIуэу щIыхуежьар. Псом хуэмыдэу гугъу зригъэхьырт иужь джэгугъуитIым плIэнейрэ къыщыхэжаныкIа Хьэшыр Алан. Ар щIэхъуэпсырт и ехъулIэныгъэхэм къыпищэну. КъикIуэт ищIэртэкъым япэ дивизионым щыджэгу Песчанокопскэм и «Чайка»-м илъэситIкIэ хэтыну Iэ тезыдзауэ къэнэжа джэгугъуэ зытIущым «Спартак-Налшыкым» къыхуэсэбэпыжыну хущIэкъу Iэпщацэ Марати.
Адрейхэри текIуэныгъэм хуэпабгъэт икIи я лъэкI къагъанэртэкъым. АрщхьэкIэ, дапхуэдизу гугъу зрагъэхьми, топыр гъуэм яхудэгъэкIыртэкъым.
Нэгъабэ Таганрог щыIэу, зэхьэзэхуэм и япэ къекIуэкIыгъуэм, бжыгъэр къызэIуамыхауэ икIи зэрытемыгъэкIуауэ лъэныкъуэхэр зэбгъэдэкIыжат. Иджыри абы Iуэхур хуэкIуауэ куэдым къащыхъуат, джэгум хухаха зэманыр и кIэм щынэблэгъам. АрщхьэкIэ Гордеевым и гъэсэнхэм зэуэзэпсу зыкъызэкъуахащ икIи, апхуэдиз къару къыздрахыжар къыпхуэмыщIэну, «Спартак-Налшыкым» лъэщу къебгъэрыкIуэ хъуащ, Iэмал имыIэу текIуэн хуейуэ къапэщылъым хуэдэу. Ди гъуащхьэтет Къардэн Имран зэм гупыр къригъэлащ, пэгъунэгъу дыдэу къызэуа топым къригъэгъазэри. КъыкIэлъыкIуа удыным абыи зыри хуещIэжакъым.
Ди щIалэхэм Iуэхур ягъэзэкIуэжыну зэмани къаруи яIэжтэкъым.
Шакъ Ашэмэз и унафэм щIэту «Спартак-Налшыкыр» апхуэдэ щIыкIэкIэ япэу къыхагъэщIащ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, хуэфэщэн хьэрхуэрэгъу къызэрыпэщIэхуэу, ар икIуэтащ. Апхуэдэу зэрымыщIэкIэ къащыщIами, къэхъуам дерс гуэрхэр къыхахынуми мы зэхьэзэхуэм щыщу къэнэжа джэгугъуитIым къагъэлъэгъунут. Япэм Мейкъуапэ щыдэджэгунут зэпеуэм къыщыкIэрыху «Дружба»-м, етIуанэм къригъэблэгъэнут пашэхэм япэмыжыжьэ Дон Iус Ростов и СКА-р.
Абы щыгъуэми IупщI хъуа хуэдэт «Спартак-Налшыкыр» зыхэт гупым щытекIуэу япэ дивизионым кIуэну хуитыныгъэ къэзыхьынур хэтми. Бэлыхь гуэр къэмыхъумэ, бжьыпэр зыубыдынур Краснодар и «Кубань»-рат. Ар абы къехъулIауэ убж хъунут, блэкIа джэгугъуэм зэрыхэмытам хуэдэу: и хьэрхуэрэгъу нэхъыщхьэ «Кубань-Холдинг»-р и стадионым къыщыхагъэщIат. Къэнэжа джэгугъуитIым зэ фIэкIа щытемыкIуэми, краснодардэсхэм япэ увыпIэр я Iэрылъхьэт. Я хьэрхуэрэгъухэр зэпеуэм къыщыкIэрыху дыдэхэм ящыщ «Интер»-мрэ «ТIуапсымрэ» зэрырар къэплъытэмэ, бэнэныгъэм кIэ игъуэтат.
Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым 2020-2021 гъэхэм щекIуэкI зэхьэзэхуэм и мыгъэрей Iыхьэм щыщIадзэжа гъатхэпэ мазэм «Спартак-Налшыкым» Мейкъуапэ и «Дружба»-р 3:1-уэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм зэрыщыхигъэщIам къытщигъэхъуат ди командэр зэхьэзэхуэм хъарзынэу хуэхьэзыррэ дяпэкIэ дэрэжэгъуэ къыдитыну. АрщхьэкIэ адэкIэ къыкIэлъыкIуа мазищым хьэкъ къытщащIащ зыми фIыкIэ зэрызэримыхъуэжар икIи, иужькIэ тренер нэхъыщхьэу нэгъуэщI ягъэувами, псори зэрыщыту къызэрынэжар. Нэгъаби хуэдэу, налшыкдэсхэр зэфIэкI щIагъуэ зимыIэхэм къахэнащ икIи Адыгейм мэкъуауэгъуэм и 9-м щыфIахьа иужькIэ наIуэ хъуащ епщIанэ увыпIэм зэрыфIэмыкIыфынур.
«Дружба»-мрэ «Спартак-Налшыкымрэ» гъатхэпэм зэрызэхуэзэрэ я щытыкIэм щIагъуэу зихъуэжатэкъым – тIури турнир таблицэм и етIуанэ Iыхьэм къызэрыщынат. Апхуэдэу щыт пэтми, мы зэхьэзэхуэм щыщу иужь дыдэ зэIущIэр зи стадионым щезыгъэкIуэкI мейкъуапэдэсхэр щIэхъуэпсырт къыдэщIыну къэкIуахэм гуIэфIтещIэж хуащIыну. Ар абыхэм къайхъулIащ, хуабжьу гугъу дехьами.
Бжыгъэр къызэIуамыхауэ джэгум и япэ Iыхьэр кърахьэлIа иужькIэ, налшыкдэсхэм я ебгъэрыкIуэныгъэ лъэщхэмкIэ етIуанэр ирагъэжьащ. Абыхэм пэмылъэщыж хъуа «Дружба»-м и футболистхэм я гъуэм пэмыжыжьэу хабзэр къызэпаудащ. ЗэIущIэм и судья нэхъыщхьэ Сочэ щыщ пщащэ Опейкинэ Верэ куэдрэ мыгупсысэу метр пщыкIузым и деж игъэлъэгъуащ. Ди щIалэхэм ящыщу пенальтихэр зыгъэзащIэ хабзэ Пащты Руслан мы джэгум зэрыхэмытым къыхэкIыу Iуэхур и пщэ иралъхьащ Шумахуэ Заур. Ар лъэщу икIи тегъэпсауэ топым еуа хуэдэт, арщхьэкIэ хэгъэрейхэм я гъуащхьэтетым фIэкIакъым.
Метр пщыкIузым и деж щыту къызэрыхэмыжаныкIыфам «Спартак-Налшыкым» и лъэр щIигъэхуащ. «Дружба»-м ар Iэзэу къигъэсэбэпащ икIи Iэшэ Анзор 76-нэ дакъикъэм ди гъуащхьэхъумэхэм яIэщIэкIри, мейкъуапэдэсхэм текIуэныгъэр къахуезыгъэхьа топ закъуэр къытхудигъэкIащ.
Арати, етIуанэу зэкIэлъхьэужьу «Спартак-Налшыкыр» 0:1-уэ къыхагъэщIащ. Тхьэмахуэ ипэкIэ къытхуеблэгъа Таганрог и «Форте»-р а бжыгъэмкIэ къефIэкIат, иджы Мейкъуапэ абы къыщытригъэзэжат.
Зэхьэзэхуэм и Iуэхугъуэ нэхъыщхьэри зэфIэкIыпат. Черкесск щыIэу 7:0-у щIыпIэ «Интер»-р хэзыгъэщIа Краснодар и «Кубань»-м бжьыпэр Iэрыхьащ икIи япэ дивизионым кIуэну Iэмал игъуэтащ. Абы и иужь зэIущIэм топищ зэуэ щыдигъэкIащ гупым и капитан Мамты Хьэсэн, зэ къыхэжаныкIащ Абдокъуэ Нурий. Гъурф Азэмэти хуабжьу жыджэращ.
ИщхьэкIэ кIуэтэфын папщIэ лицензэ къызэрырамытам къыхэкIыу Павловскэм и «Кубань-Холдинг»-р иужь джэгугъуэхэм ныкъуакъуэжыщакъым. Ар зэхьэзэхуэм щытекIуами япэ дивизионым ягъэкIуэнутэкъым, и Iуэхухэр (стадионыр, базэр, спорт школыр…) абы зэрыхуэмыщIар и щхьэусыгъуэу. Арати, нэхъыфIу къалъытагъэнщ я щIыналъэм щыщ краснодардэсхэм гъуэгур хуит хуащIмэ. Армырамэ езыхэм я пIэкIэ Томск и «Томь»-р япэ дивизионым къыхагъанэнут.
Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым 2020 - 2021 гъэхэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэм и кIэух зэIущIэм «Спартак-Налшыкым» къыщригъэблэгъат Дон Iус Ростов и СКА командэ цIэрыIуэр. Турнир таблицэм къыщахьыну увыпIэм елъытауэ абы зыри и мыхьэнэжтэкъым: хьэщIэхэм - етхуанэр, дыдейхэм - епщIанэр яубыдати, адэкIи-мыдэкIи кIуэтэнутэкъым. АрщхьэкIэ зэпеуэм и иужь дыдэ зэIущIэр дэтхэнэми хъарзынэу кърихьэлIэну хуейт, дэрэжэгъуэ нэхъ яIэу мазэкIэ загъэпсэхун папщIэ.
Тхьэмахуэ ипэкIэ Мейкъуапэ къыщыхагъэщIа ди щIалэхэм занщIэу зрачащ, къыдэщIхэм я гухэр фIы ящIыжын мурадкIэ. Ар абыхэм мыIейуэ къайхъулIащ. Пэжщ, псынщIэ дыдэу, етхуанэ дакъикъэм, къалэжьа пенальтир Iэпщацэм къыхуэгъэсэбэпакъым. Тхьэмахуэ ипэкIэ Адыгейм и къалащхьэм а къалэн дыдэр Шумахуэ Заур зэрыщыхуэмыгъэзэщIар къэплъытэмэ, «Спартак-Налшыкым» и зи чэзу зыгъэсэгъуэ лъэхъэнэр къызэрыщIидзэн хуейр метр пщыкIузым и деж щыту ди футболистхэр гъуэм еуэфу гъэхьэзырынырщ.
Пенальтир къемыхъулIами, налшыкдэсхэм я ебгъэрыкIуэныгъэхэр къагъэтIэсхъакъым. Иджыри дакъикъэ тIощI дэкIатэкъым, хьэщIэхэм я штрафнойм имыхьэххэу, лъэщу икIи хуэзэу Дэхъу Ислъам зэуа топыр СКА-м и гъуащхьэтетым хъым кърихыжын хуей щыхъуам.
Хуэм-хуэмурэ ди щIалэхэр щIэужьыхэжащ. Иджы абыхэм я ебгъэрыкIуэныгъэхэр апхуэдэуи шынагъуэжтэкъым. Псом хуэмыдэу ар наIуэ хъуащ загъэпсэхуу къихьэжа иужькIэ ростовдэсхэм бжыгъэр зэхуэдэ щащIыжам. ХьэщIэхэм ящыщ Донсковыр Iэзэу ди гъуащхьэхъумэхэм я зэхуакум дэцIэфтри, Антиповми ебзэджэкIыжащ. Иджы псоми щIэрыщIэу къыщIэдзэжыпхъэт.
Аргуэру къаруушхуэкIэ «Спартак-Налшыкыр» ипэкIэ кIуэтащ. АрщхьэкIэ зыкъомрэ СКА-м и гъуэм бгъэдыхьэфакъым. Ар къыщехъулIар джэгум хухаха зэман нэхъыщхьэр щиух дыдэращ. Ашуев Мурад хьэщIэхэм я гъуащхьэтетым щхьэпридза топым текIуэныгъэр ди щIалэхэм къыхуихьауэ къэплъытэ хъунут.
Езы хэгъэрейхэми апхуэдэу къащыхъуащ. АбыкIэ мыарэзыр Дон Iус Ростов къикIахэрат. КъалъыкъуэкIа ехъулIэныгъэмкIэ налшыкдэсхэр зыр адрейм ехъуэхъухукIэ, СКА-р псынщIэ дыдэу ебгъэрыкIуащ икIи напIэзыпIэм бжыгъэр зэхуэдэ ищIыжащ.
Iуэхум зыгуэркIэ зригъэхъуэжыну «Спартак-Налшыкым» къаруи зэмани иIэжтэкъым. Арати, текIуэныгъэр зи Iэрылъхьэу пасэIуэу къэзылъыта ди щIалэхэм ар яIэщIэкIащ. Уеблэмэ къыхагъэщIэнми зы мащIэщ иIэжар.
Дигу иридгъэфIынщ адыгэ щIалэ гуп зыхэт Краснодар и «Кубань»-м, бжьыпэр Iэрыхьэу, япэ дивизионым кIуэну Iэмал зэригъуэтам. Мэкъуауэгъуэм и 15-м иригъэкIуэкIа иужь зэIущIэм абы 7:1-уэ «ТIуапсыр» щыхигъэщIати, а командэм и капитан Мамты Хьэсэн, Абдокъуэ Нурий, Гъурф Азэмэт сымэ топ зырыз я хьэрхуэрэгъухэм щыхудагъэкIащ.
Апхуэдэу иухащ 2020 - 2021 гъэхэм Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым щызэхэта зэхьэзэхуэр. Дыпэплъэнщ къыкIэлъыкIуэнум, фIы куэдкIэ дыщымыгугъ пэтми.
Сурэтхэм: «Спартак-Налшыкыр» зыхэта зэIущIэм япэу и судья нэхъыщхьэу щыта бзылъхугъэ Опейкинэ Верэ.
Зэхьэзэхуэм щытекIуа Краснодар и «Кубань»-м и капитан Мамты Хьэсэнрэ гъуащхьауэ ныбжьыщIэ Абдокъуэ Нурийрэ зи чэзу ехъулIэныгъэр ягъэлъапIэ.
Ди щIалэхэм я хьэрхуэрэгъухэм топ худагъэкIащ.
Жыласэ Заурбэч.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1997.txt"
} |
КIуэкIуэ Казбек: «Вакцинэр зыхезыгъалъхьэхэр нэхъыбэ хъуху узым зиубгъунымкIэ шынагъуэм кIэрыхунущ»
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ коронавирус уз зэрыцIалэм республикэм и районхэм зыщемыгъэубгъуным теухуа зэIущIэ. Абы хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, Роcпотребнадзорым и управленэу КъБР-м щыIэм и унафэщI Пагуэ Жыраслъэн, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хъубий Марат, КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Батыр Заур, муниципальнэ щIыналъэхэм я администрацэхэм я Iэтащхьэхэр.
Республикэм и унафэщIым зэрыжиIамкIэ, вакцинэ зыхезыгъалъхьэхэм я бжыгъэр нэрылъагъуу нэхъыбэ хъуащ: блэкIа тхьэмахуэм къриубыдэу коронавирусым и бий вакцинэр цIыху мини 7,5-м щIигъум халъхьащ. Нэхъ япэкIэ апхуэдэ зэманым ику иту вакцинэр зыхезыгъалъхьэхэр цIыху мини 4-м щIигъуу щытакъым. Псори зэхэту хущхъуэр зыхалъхьахэр мин 50-м щIегъу, ауэ уз зэрыцIалэм тэмэму дыпэщIэтын папщIэ вакцинэр махуэ къэс цIыху минитIым щIигъум хамылъхьэу хъунукъым. КIуэкIуэ Казбек къалэну къигъэуващ уз зэрыцIалэм зыщыхъумэнымкIэ вакцинэр зыхегъэлъхьэн зэрыхуейм теухуауэ цIыхухэм нэхъ тэмэму ядэлэжьэну.
Иджыпсту зэтеува щытыкIэм щытепсэлъыхьым Пагуэ Жыраслъэн къыхигъэщхьэхукIащ узыр зэуалIэхэм я бжыгъэм зэрыхэхъуэр къэплъытэмэ, мардэ нэхъ ткIийхэм республикэр хуэкIуэнкIэ зэрыхъунур, ауэ вакцинэр зыхезыгъалъхьэхэр нэхъыбэ хъумэ, республикэр зэрыт гуегъуехьым арыншауэ къызэрикIыфынур.
Батыр Заур жиIащ цIыхухэм уз зэрыцIалэм и бий вакицинэр яхэлъхьэныр Дзэлыкъуэ, Бахъсэн, Прохладнэ, Шэрэдж, Тэрч районхэм, Бахъсэн, Налшык къалэхэм нэхъ зэгъэуIуауэ зэрыщекIуэкIыр. Абы къыхигъэщхьэхукIащ республикэм хурикъун хущхъуэ зэриIэр, апхуэдэу къэкIуэну тхьэмахуэм къриубыдэу «Гам-Ковид-Вак» (Спутник V) вакцинэу хэлъхьэгъуэ мин 20-м щIигъу «Кови-Вак» вакцинэу хэлъхьэгъуэ 780-рэ къазэрыIэрыхьэнур.
Министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэм зэрыжиIамкIэ, блэкIа жэщ-махуэм къриубыдэу коронавирусыр зэуэлIахэр цIыху 25-рэ мэхъу, апхуэдэ сымаджэу цIыху 252-м медицинэм и IуэхущIапIэхэм щоIэзэ, сымаджэхэм ящыщу 40-р хьэлъэщ. КъБР-м щыIэ сымаджэщу тIум зыхуагъэхьэзыращ цIыху 314-м зэреIэзэнур.
ЗэIущIэм и кIэухым КIуэкIуэ Казбек жиIащ: «Зэман кIэщIым къриубыдэу дэ зэфIэдгъэкIын хуейщ узыфэ шынагъуэм земыгъэубгъунымкIэ лэжьыгъэм. Ар сэбэп хъунущ экономикэм и IэнатIэхэр къэмыувыIэнымкIэ, гъэ еджэгъуэщIэм щIидзэжа нэужь ди сабийхэм я узыншагъэм дытемышыныхьынымкIэ».
КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1998.txt"
} |
Дунейм щыхъыбархэр
♦Тенджызым щылажьэм и дунейпсо и махуэщ
♦УФ-м и Статистикэ IэнатIэм и лэжьакIуэм и махуэщ
♦Словение, Хорватие республикэхэм я къэралыгъуэхэм я махуэщ. 1991 гъэм ахэр Югославием къыгуэкIащ.
♦Славянхэм я зэныбжьэгъугъэмрэ зэкъуэтыныгъэмрэ и махуэщ
♦1876 гъэм США-м щыщ бдзэжьеящэ Енсен Альфред, дунейм щыяпэу, и закъуэу кхъухькIэ Атлантикэ хым зэпрысыкIащ.
♦1946 гъэм СССР-р ФутболымкIэ дунейпсо федерацэм хыхьащ.
♦1959 гъэм Совет Союзым щыяпэу Москва къыщызэIуахащ Америкэм и лъэпкъ выставкэр. Абы щагъэлъэгъуащ США-м щащIа мэкъумэш машинэхэр, автомобилхэр, унагъуэм къыщагъэсэбэп техникэхэр, Iэмэпсымэхэр, апхуэдэуи щыгъынхэр, къабзагъэм ехьэлIауэ къагъэсэбэпхэр, цIыхубзхэм зэрызагъэдахэ напэщыхуэ хуэдэхэр. ТхьэмахуитIым къриубыдэу а выставкэм яфIэтелъыджэу еплъат цIыху мелуанитIым нэблагъэ.
♦1987 гъэм КПСС-м и ЦК-м и Пленумым унафэ къыщащтащ къэралым экономикэ зэхъуэкIыныгъэхэр щегъэкIуэкIыным теухуауэ.
♦1937 гъэм къалъхуащ театрымрэ киномрэ я актёр, егъэджакIуэ, УФ-м и цIыхубэ артист Филозов Альберт.
♦1939 гъэм къалъхуащ экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, Тимирязевым и цIэр зезыхьэ академием и профессор, КъШР-мрэ КъБР-мрэ щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Агырбэ Юрий.
♦1941 гъэм къалъхуащ адыгей усакIуэ, журналист Нэхей Руслан.
♦1945 гъэм къалъхуащ психологие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, жылагъуэ лэжьакIуэ Хъурей Леоренэ.
♦1945 гъэм къалъхуащ экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъМУ-м и профессор, МАИ-м и академик Къэсей Борис.
♦1948 гъэм къалъхуащ журналист, политикэ щIэныгъэхэм я доктор, «Волгоград-ТРВ» ГТРК-м и унафэщI, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ КIэрашэ Аслъэнбэч.
♦1975 гъэм къалъхуащ урысей шахматист, дунейм и 14-нэ чемпион, дунейпсо гроссмейстер Крамник Владимир.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 30 - 31-рэ, жэщым градус 21 - 22-рэ щыхъунущ.
Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1999.txt"
} |
«Урысейм и цIыху цIэрыIуэхэр»
«Урысейм и цIыху цIэрыIуэхэр» лъэпкъпсо конкурсыр зытеухуар нэгъуэщI къэралхэм япыщIа аэропортхэм зи цIэр фIащыну цIыхушхуэхэр къыхэхынырщ.
Конкурсыр егъэкIуэкIыным теухуауэ УрысыбзэмкIэ къэрал зэгухьэныгъэм, Урыс географие зэгухьэныгъэм, Урысей тхыдэ зэгухьэныгъэм, Урысей дзэ-тхыдэ зэгухьэныгъэм къыхалъхьа жэрдэмыр ядиIыгъащ УФ-м и Жылагъуэ палатэм. Нэхъыбэм Iэ щIаIэтыну цIыхушхуэхэм я цIэхэр фIащынущ псори зэхэту гъэ къэс цIыху мелуани 170-м щIигъу щызэблэкI аэропорту 47-м.
Аэропорт инхэм зи цIэхэр фIащын папщIэ къагъэлъагъуэхэм хагъэхьэ хъунущ Урысейр зэтегъэувэнымрэ абы зегъэужьынымкIэ фIыщIэ егъэлея зыбгъэдэлъхэр, зи зэфIэкIыр дуней псом къыщалъытахэр. Апхуэдэхэм ящыщу къагъэлъагъуэ хъунущ литературэм, музыкэм, щэнхабзэм и нэгъуэщI IэнатIэхэм, щIэныгъэм и IэнатIэм къыщыхэщхьэхукIахэр, текIуэныгъэ инхэр къэзыхьа дзэзешэхэр, нэгъуэщIхэри. Ауэ аэропортхэм фIащын папщIэ къагъэлъагъуэ хъунукъым УФ-м и субъектхэм ящыщу зи цIэр фIащахэр: Дон Iус Ростов (Платов Матвей), Саратов (Гагарин Юрий), Кемеровэ (Леонов Алексей), Магас (Осканов С. С.), Мэхъэчкъалэ (СулътIан Ахьмэд-Хъан), Барнаул (Титов Герман), Ульяновск (Карамзин Н. М.).
Iэ щIаIэтыну цIыхухэр къыщыхалъхьэкIэ япэ ирагъэщын хуейщ УФ-м и субъектым зи лэжьыгъэкIэ, гъащIэкIэ нэхъ пыщIауэ щытахэр.
Дэтхэнэ зыми езым зэрыхуейуэ къыхихыу зы аэропортым щхьэкIэ зы цIыхум и телъхьэу Iэ иIэт хъунущ («Вконтакте», «Одноклассники» социальнэ сетхэм я ВеликиеИмена.РФ сетхэм).
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "20.txt"
} |
КъэралитIым я чемпион Хьэпэ Заур
Гъуащхьэтет цIэрыIуэ Хьэпэ Заур фIэкIа Къэбэрдей-Балъкъэрым нэгъуэщI зы футболисти къихъуакъым командэ зэмылIэужьыгъуищым яхэту къэралитIым плIэнейрэ я чемпион хъуауэ.
Iэпщэ Александр и цIэр зезыхьэ футбол школ хэхам и гъэсэн Хьэпэ Заур япэ дыдэу Налшык и «Спартак»-м щыджэгун щыщIидзам и ныбжьыр иджыри илъэс пщыкIуий ирикъуатэкъым: 1981 гъэм Ставрополь «Динамо»-м щыIущIэну кIуауэ ди командэм и гъуащхьэтет Кокорин Николай сымаджэ хъуащ икIи икIэщIыпIэкIэ ар хъуэжын хуейти, Хьэпэ Заур гъуэм дагъэуващ.
Джэгум щIидзэри дакъикъибл дэкIауэ арат, Заур топ къыщыхудагъэкIам. ЩIэдзапIэр узэмыхъуэпсэнт. АрщхьэкIэ гъуащхьэтет щIалэщIэм къыдэджэгу нэхъыжьыIуэхэу Бэч Русланрэ Наурыз Басиррэ къыбгъэдыхьэри, къыжраIащ къэхъуаишхуэ зэрыщымыIэр икIи, адэкIэ нэхъ тегушхуауэ гъуэм дэтмэ, псори тэмэм зэрыхъунур. Апхуэдэуи къыщIэкIащ – джэгур зэрытемыгъэкIуауэ, 2:2-уэ, иухащ, Заури тренерхэм я щытхъу къилэжьащ.
Дзэм ираджэхукIэ Хьэпэр Налшык и «Спартак»-м и гъуащхьэтету щытащ. И чэзур къыщысым армэм дашри, Дон Iус Ростов и СКА-м хагъэхьащ. ИужькIэ къигъэзэжри, Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр ихъумащ.
Зи зэфIэкIыр лъагэ адыгэ щIалэщIэр 1986 гъэм Мэзкуу и «Спартак»-м ирагъэблэгъащ. КъыкIэлъыкIуэу Ярославль и «Шинник»-м хэтащ. 1989 - 1990 гъэхэм Тбилиси и «Динамо»-м и гъуэм дэтащ икIи Куржым и чемпионатым и дыщэ медалыр къихьащ.
Хьэпэ Заур и вагъуэр нуру щыблар Владикавказ и «Спартак-Алания»-м щыщыджэгуа 1991 - 1999 гъэхэращ. Ди гъунэгъухэм яхэту 1995 гъэм ар Урысей Федерацэм и чемпион хъуащ, 1992, 1996 гъэхэм дыжьын медалхэр зыIэригъэхьащ. Ар ящыщ хъуащ къэралым и гъуащхьэтет нэхъыфIхэм икIи Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам 1994 гъэм хагъэхьащ.
2000 гъэхэм я пэщIэдзэм Хьэпэ Заур Мэзкуу Iэпхъуащ. Ар ирагъэблэгъащ абы и «Локомотив»-м щыджэгуну икIи илъэс зыбжанэкIэ зыхэта командэ цIэрыIуэм аргуэру тIэунейрэ къэралым и чемпион щыхъуащ, Урысей Федерацэм и кубокыр къихьащ.
Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам щригъэкIуэкIа зэIущIи 4-м къищынэмыщIауэ, Хьэпэр Чемпионхэм я лигэм, УЕФА-м и Кубокым щIэбэнащ. Абыхэм Европэм и командэ лъэщхэм ехъулIэныгъэкIэ щапэщIэтащ. Ди къэралым и футболист нэхъыфI 33-м Заур щэнейрэ хабжащ.
Топ джэгуныр иуха иужькIэ «Локомотив»-м и тренер хъуащ, Пермь и «Амкар»-м, Мэхъэчкъалэ и «Анжи»-м, «Спартак-Налшыкым» я гъуащхьэтетхэр игъэсащ.
Хьэпэ Заур и сабиигъуэм щыщ Iыхьэ гуэрхэр ди редакцэм щигъэкIуащ. Абы и анэ ТIэш (Хьэпэ) Анинкэ (и ахърэтыр нэху Тхьэм ищI!) адыгэ газетым и корректору илъэс куэдкIэ лэжьащ икIи къызыхуигъэнэн щыщымыIэм и деж и къуэ цIыкIур «здигъэIэпыкъуну» къыщыздишэ щыIэт.
Адыгэм и щIыхьыр ди къэралым, дунейм и щIыпIэ куэдым Хьэпэ Заур щиIэтащ. Иужь илъэс пщыкIутIым ар Мэзкуу и «Локомотив»-м и гъуащхьэтетхэм я тренерщ. А командэ цIэрыIуэм хэту нэгъабэ ещанэу Урысей Федерацэм и чемпион хъуащ.
Дохъуэхъу иджыри илъэс куэдкIэ и цIэр фIыкIэ къраIуэу утыку итыну, и щхьэгъусэ Терезэ узыншэу къыкъуэту я бынхэу Лаурэрэ Артуррэ я насып ялъагъуну.
Жыласэ Заурбэч.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "200.txt"
} |
Дэрбзэрым сом мелуан и саугъэтщ
Хъыбар гуапэ
Иджыблагъэ ирагъэкIуэкIа «Реалити в моде» проектым пашэныгъэр щиубыдри, Налшык щыщ пщащэ ныбжьыщIэ, «Agatha AEnter» брэндыр къызэзыгъэпэща Востриковэ Агатэ коллекцэщIэм тригъэкIуэдэну сом мелуан саугъэту къыхуагъэфэщащ.
Онлайн мардэм иту «Lamoda»-м (модэм ехьэлIа хьэпшыпхэр щащэ Интернет тыкуэн), иригъэкIуэкIа зэпеуэм ипкъ иткIэ дизайнер ныбжьыщIэхэм мазэкIэ коллекцэщIэ къагъэщIащ.
Зэпеуэм и иужьрей Iыхьэм (мэкъуауэгъуэм и 16-м екIуэкIащ) къыхэна цIыхуищым «Lamoda»-м ищэ щыгъынхэм хуэдэ къагупсысу ядын хуейт. Къэралым щыцIэрыIуэ, модэм и дунейм щыпэрыт къэпщытакIуэ гупыр лэжьыгъэхэм хэплъа иужькIэ нэхъыфIу къалъытар Востриковэм ейращ.
- Дизайнерхэр къыщыхэтхым, дэ Iуэхугъуэ зыбжанэ къэтлъытащ. Апхуэдэщ езым я гупсысэ, Iуэху бгъэдыхьэкIэ щIэщыгъуэ, модэр зэрызэхащIэр, «Lamoda»-м щIэупщIэ зиIэ щыгъын къызэрагъэщIыр. Агатэ а псори екIуу зэхиухуэнэфащ. ИджыкIэ дэ псори зэгъусэу долэжь дизайнерым къигъэщIа фэилъхьэгъуэхэр едгъэду ди щэхуакIуэхэм я пащхьэ зэритлъхьэнум,- жиIащ къэпщытакIуэ гупым хэта, «Lamoda»-м и бренд-унафэщI Шаповал Ольгэ.
Къызэрыхэдгъэщащи, Востриковэ Агатэ Налшык къыщалъхуащ, иджыпсту Москва щопсэу. Гъэ кIуам абы Санкт-Петербург дизайнымкIэ школыр къыщиухащ. Илъэс 22-м ит пщащэ цIыкIум къызэригъэпэща «Agatha AEnter» брэндыр къалащхьэм щыцIэрыIуэ дыдэщ.
ГъэщIэгъуэнщ «Agatha AEnter» брэндыр къызэрежьар. Агатэ зэрыжиIэмкIэ, иджырей дунейм, абы щытепщэ хъуа Интернетым къыхилъхьа зэхъуэкIыныгъэхэм къыхэкIыкIащ лъабжьэ хуищIа гупсысэхэр.
- Зэпеуэм сызэрыщытекIуам къызэрымыкIуэу сыщогуфIыкI, абы IэмалыфI къызитащ си брэндым зезгъэужьыну, коллекцэм хиубыдэ щыгъын псори дунейм къытезгъэхьэну. Абы сэ хэзгъэхьэну сыхуейщ сыкъыщалъхуа щIыналъэм щыпсэу лъэпкъхэм я IэпэIэсагъыр къызытещ лэжьыгъэхэр, ар дуней псом къезгъэцIыхуну, ди цIыхубэ IэпщIэлъапщIэхэм я пщIэмрэ щIэупщIэмрэ апхуэдэ IэмалкIэ хэзгъэхъуэну. Апхуэдэуи си хъуэпсапIэщ модэм и дунейм щIэныгъэлIхэр къыхэсшэу щIыуэпсым къылъыса тхьэмыщкIагъэхэр зэгъусэу зэрыдгъэзакIуэжыным, ар дяпэкIэ хъумэным хуэгъэпса проектхэр згъэзэщIэну, - жеIэ Агатэ.
Дизайнер ныбжьыщIэм дохъуэхъу, ехъулIэныгъэ и бэрэ и мурад дахэхэр къехъулIэу ефIэкIуэну.
Тэрчокъуэ Дисэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2000.txt"
} |
Къэхъуам зэреджэр сыт?
Урысей Федерацэм футболымкIэ и командэ къыхэхам аргуэру ди гур хигъэщIащ. Мы махуэхэм екIуэкI Европэм и чемпионатым и кIэух зэхьэзэхуэм зыхэта гупым къыщихьыфар иужь дыдэ увыпIэращ, тIэунейрэ бжыгъэшхуэкIэ къыхагъащIэщ, зэ закъуэ текIуэныгъэр ерагъкIэ къахьри. Арати, дауи, медалхэм папщIэ екIуэкIыну бэнэныгъэм къыхэхуащ аргуэру.
Совет Союзыр щэщэжу Урысейр утыку ихьа иужькIэ блэкIа илъэс щэщIым щIигъум зэ закъуэщ ди къэралым футболымкIэ и командэ къыхэхам медаль гуэр къыщихьыфар. Голландием щыщ тренер цIэрыIуэ Хиддинк Гус и унафэм щIэту 2008 гъэм абы Европэм и чемпионатым ещанэ увыпIэр щиубыдащ. Ар щIэбгъэщIэгъуэныщи щыIэкъым, а IэщIагъэлI гъуэзэджэм нэхъапэм ехъулIэныгъэ инхэр Корее Ипщэми Австралиеми къазэрыхуихьар къэплъытэмэ. Алъандэрэ дэкIа илъэс пщыкIущым гур къыщIэзыубыдэн гуэр щыIакъым, тренер нэхъыщхьэхэр щIэх-щIэхыурэ яхъуэжурэ еплъами. Мэкъуауэгъуэм и 11-м щIэзыдза зэпеуэ иным, сыт щыгъуи хуэдэу, куэдкIэ дыщыгугъырт. АрщхьэкIэ къэхъуам зэреджэр зыми къыхуэщIакъым.
Пэжщ, Урысей Федерацэм футболымкIэ и командэ къыхэхам фIы гуэри къыпигъаплъэртэкъым илъэскIэ гувауэ зэхаубла Евро-2020-м и япэ зэIущIэм. Абы хьэрхуэрэгъу къыщыхуэхъуат дунейпсо рейтингым бжьыпэр щызыIыгъ Бельгием и топджэгу лъэрызехьэхэр (Бразилиери, Германиери, Аргентинэри, Испаниери, адрейхэри къызэринэкIауэ!).
Джэгум зэрыщIидзэу наIуэ хъуащ я хьэрхуэрэгъухэр ди щIалэхэм куэдкIэ къазэрефIэкIыр. Санкт-Петербург зыкъыщагъэлъагъуэ, цIыху минипщIхэр къадэщIу стадионым ис пэтми, Урысейм и командэ къыхэхам щхьэкъэIэтыпIэ иIакъым. 3:0-у къазэрыпикIуэтам куэдым урагъэгупсысырт.
АрщхьэкIэ, хьэлэмэтращи, апхуэдэу бжыгъэшхуэкIэ къатекIуа пэтми, Черчесов Станислав и гъэсэнхэм иджыри Iэмал хъарзынэ яIэт зыхэт гупым ехъулIэныгъэкIэ къыхэкIыну. Абы папщIэ дяпэкIэ зыпэщIэтыну Финляндиемрэ Даниемрэ я командэ къыхэхахэм хуэфэщэну дэджэгун хуейт. Iуэхур нэхъ тыншыж ищIырт ещанэ увыпIэр къэзыхьхэм я нэхъыбэри адэкIэ зэрыкIуэтэнум. АрщхьэкIэ Бельгием зэрыдэджэгуам къигъэлъэгъуат Урысейр зэхьэзэхуэм зэрыхуэмыхьэзыр дыдэр икIи хуабжьу гугъу зригъэхьын зэрыхуейр зы текIуэныгъэ нэхъ мыхъуми къихьын папщIэ.
Мэкъуауэгъуэм и 16-м зэхэта къыкIэлъыкIуэ джэгугъуэм а Iуэху еплъыкIэр щIигъэбыдащ. ИгъащIэм япэу мыпхуэдэ зэхьэзэхуэ инхэм хэхуа Финляндием и командэ къыхэхар ирагъэкIуэтын хуейт ди щIалэхэм. Ар ерагъкIэщ зэрахузэфIэкIар. ЗэIущIэм и япэ Iыхьэм Миранчук Алексей дигъэкIа топ закъуэм жэуап кърагъэтакъым икIи 1:0-у текIуэныгъэр зыIэрагъэхьащ.
Бэлыхь гуэр ялэжьа хуэдэ, Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам и тренерхэри щыджэгухэри къэбэдзэуэжат. ЗыпхагъэIукIырт дяпэкIэ къапэлъэщын щымыIэ хуэдэу.
Данием и командэ къыхэхарат адэкIэ къэнэжыр. Я гъуэщхьауэ нэхъыфI Эриксен Кристиан япэ зэIущIэм джэгупIэ губгъуэм зэрыщытелIыкIам (и бэуэкIэр къэувыIэри, ирагъэжьэжат) ди хьэрхуэрэгъухэм я гур ирихат икIи пэщIэдзэ зэIущIитIыр Финляндиеми Бельгиеми иригъэхьауэ IэнэщI дыдэт. Я Iуэхур ягъэзэкIуэжын папщIэ Iэмал имыIэу Урысейр хагъэщIэн хуейт. ЗэрыхъукIэ бжыгъэ нэхъ инкIэ, очко бжыгъэр щызэхуэдизым и деж топ дагъэкIахэмрэ къыхудагъэкIахэмрэ зэрызэхущытыр къалъытэнути.
Арати, Финляндиеми Бельгиеми къыхагъэщIа хэгъэрейхэм нэгъуэщI зы хэкIыпIи яIэжтэкъым очкоищыр тфIахьын фIэкIа. Дыдейхэм зэрытемыгъакIуэми ядэнут, адэкIэ кIуэтэн папщIэ.
ПэщIэдзэ джэгугъуитIыр, къыдэщIхэм трагъэгушхуэу ди щIалэхэм Санкт-Петербург щрагъэкIуэкIамэ, иджы я хьэрхуэрэгъум я къалащхьэ Копенгаген щыIущIэнут. Урысей Федерацэм икIахэр абы еплъыну ягъэкIуакъым, дуней псом къыщалъыта вакцинэхэм ящыщ гуэр зэрызыхрамыгъэлъхьам къыхэкIыу. Ди деж къыщагъэсэбэп Спутник V, КовиВак, нэгъуэщI лIэужьыгъуэхэр Европэм къыщрадзэркъым, УзыншагъэмкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэм иджыри зэрыщыпхымыкIам щхьэкIэ. Арати, цIыху мин зыбжанэм я щIэгъэкъуэныгъэм урысей футболистхэр хэныжащ.
Апхуэдэу щыт пэтми, мэкъуауэгъуэм и 21-м и пщыхьэщхьэм къэхъуам тепсэлъыхьыжыгъуейщ. ДжэгупIэ губгъуэм итар зы командэщ - Данием ейращ. Сыт хуейми, дапхуэдэу нэхъ къищтэми абы ищIащ. Арати, бжыгъэшхуэкIэ, 4:1-уэ, Урысейм и командэ къыхэхар хигъащIэри, адэкIэ кIуэтащ, зэ фIэкIа темыкIуами. Дыдейхэм иужь дыдэ увыпIэращ къалъысар.
Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам и дежкIэ Евро-2020 зэхьэзэхуэр апхуэдэу иухащ. Абы хуабжьу я гур хигъэщIащ ди къэралым топджэгум щыдихьэххэм. Дауи, псори тепсэлъыхьу щIадзащ къэхъуам. Языныкъуэхэм къагъэувырт гупым и тренер нэхъыщхьэ Черчесов Станислав икIэщIыпIэкIэ тегъэкIауэ, иджыри къэс иIыгъа къулыкъум къыпэкIуа мылъкур къытрахыжыну, адрейхэм яфIэкъабылт космонавтхэм я улахуэм хуэдиз зиIэ ди футболистхэр абыхэм хуэдэу гугъу ехьу гъэпсэун хуейуэ. ЖызыIи щыIэт ди къэралым и командэ къыхэхар утыку ибгъэхьэ мыхъуххэну, сыт щыгъуи дызэригъэукIытэм къыхэкIыу. Нэхъ жыжьаплъэхэм зэхагъэкIыну хущIэкъурт илъэс къэс европэпсо, дунейпсо утыкухэм ди футболистхэр зэрыщыкIуэцIрыхум и щхьэусыгъуэр.
Дауи, цIыху къэс и Iуэху еплъыкIэ иIэжщ, псом хуэмыдэу ар топджэгум ехьэлIамэ. Зэгуэрым а Черчесов дыдэм жиIауэ щытащ ди къэралым загъэтренеру цIыху мелуани 144-рэ зэрисыр (Урысей Федерацэм и цIыху бжыгъэр зэрыхъум хуэдиз). Апхуэдэу щыт пэтми, дэри а Iуэхум дыхэпсэлъыхьыну дыхуейт.
Урысей Федерацэм футболымкIэ и командэ къыхэхам пащI ди къэралым зы спорт лIэужьыгъуэми щыщыIэкъым. Ар икIи гурыIуэгъуэщ, топджэгум дуней псом щиубыд увыпIэ лъагъэр къэплъытэмэ. Зэманрэ мылъкуу трагъэкIуадэри мащIэкъым.
Европэм и чемпионатым и кIэух зэхьэзэхуэр щыщыIэну пIалъэр яубзыхупа иужькIэ, абы хэтыну къызыпэщылъ ди къэралым и командэ къыхэхам хуэфэщэну зыхуигъэхьэзырын икIи зыкъыщигъэлъэгъуэн папщIэ зыхуеину псори хуащIащ. Черчесовыр, псом япэрауэ, щIэлъэIуащ Урысей Федерацэм и чемпионатыр псынщIэ-псынщIэу ирагъэухыу зыхуэныкъуэ футболистхэр узыншэрэ загъэпсэхуауэ къыхуагъэкIуэну. Куэдым ар яфIэмыкъабыл пэтми, пхагъэкIащ икIи ди къэралым топджэгумкIэ и зэхьэзэхуэр, адрейхэм елъытауэ, махуэ зыбгъупщIкIэ нэхъ пасэу, кърахьэлIащ.
Зыщагъэсэну хуейуэ къагъэлъэгъуа щIыпIэри хуагъэдэхащ. Ар Черчесовыр нэхъапэм щылэжьарэ зэпыщIэныгъэ быдэу щызиIэ Австриерат, апхуэдэ дыдэ, уеблэмэ нэхъыфIыж Iэмалхэр ди дежи (Сочэ, Мэзкуу, Санкт-Петербург, Краснодар, адрейхэми) щыщыIэ пэтми. Зыщыдгъэгъупщэнкъым илъэсищ ипэкIэ Урысей Федерацэм футболымкIэ дунейпсо чемпионат зэрыщекIуэкIар икIи абы папщIэ яухуа псори иджыри зэрыщыIэжыр.
Ди къэралым и щIыхьыр зрагъэхъумэну къраджа псори кърашэлIащ икIи сыт и лъэныкъуэкIи къызэрагъэпэщащ. Ахэр сыт щыгъуи Черчесовым тегъэщIапIэ ищIхэрат, я нэхъыбэм зэфIэкI лъагэ ямыIэж пэтми. Дэ дыкъапщтэмэ, жагъуэ тщыхъуащ Мэзкуу и «Спартак»-м и гъуащхьэхъумэныкъуэ Мырзэ Резуан Европэм и чемпионатым щагъэджэгуахэм зэрыхамыгъэхьар, резервым къыщагъэлъэгъуа пэтми. Шэч къытетхьэртэкъым ди лъахэгъум екIурэ-ещхьу къэралым и щIыхьыр зэрихъумэнур. Абы хуэдэ дапщэ гу зылъамытар?! Черчесовым тегъэщIапIэ ищIар илъэс зыбжанэ хъуауэ игъэджэгу, ауэ ехъулIэныгъэ лъэпкъ къыхуэзымыхь Дзюбэ, Жирков, Кудряшов сымэ хуэдэхэращ. Пэжщ, ар абы хуитщ. Апхуэдэу щыщыткIэ, хуэфэщэн жэуапи ирехьыж аргуэру дызэрыкIуэцIригъэхуам щхьэкIэ.
Хьэлэмэтращи, Европэм и чемпионатым и кIэух зэхьэзэхуэм щIимыдзэ щIыкIэ Черчесов Станиславрэ дэщIыгъу тренер гупымрэ адэкIи зэрыдэлэжьэнум теухуа зэгурыIуэныгъэм Iэ трагъэдзащ. Абы къокI етIанэгъэ и кIэухым Катарым щыIэну дунейпсо чемпионатми хэтыну щIэбэнынухэр иджырей тренер нэхъыщхьэм зэригъэсэнумрэ зэригъэджэгунумрэ. IуагъэкIми, гузавэркъым - зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ илъэс къэс улахуэу еврэ мелуанитIрэ ныкъуэрэ армырами къратын хуейщ. Апхуэдиз лэжьапщIэ зыхуагъэува тренер нэхъыщхьэ куэд Европэми дунейми къыщыгъуэтыгъуейщ. ЕхъулIэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм къапэкIуэну саугъэт инхэм хэкIыжыну аркъудейщ.
Футболыр цIыху мелуанхэм я дэрэжэгъуэщ. Тэмэмкъым абы хуэфэщэн гулъытэ имыгъуэтыныр. АрщхьэкIэ сом мелардхэр щытекIуадэкIэ ар жылагъуэм и гур хэзыгъэщIу щыт хъунукъым. Апхуэдэу ди дежкIэ къыщIэкIащ илъэскIэ гувауэ иджы щагъэIэж Евро-2020-р. АдэкIэ дехъуапсэу дакIэлъыплъынущ медалхэм щIэбэныным пызыщэ Инджылызым, Франджым, Германием, Португалием, уеблэмэ Украинэм я командэ къыхэхахэм, нэгъуэщIхэми. Дэ сыткIэ дынэхъ Iей абыхэм нэхърэ? Iуэхур тэмэму къахузэмыгъэпэщу аращ, адрей псори пэрыхьэтт.
Хьэтау Ислъам.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2001.txt"
} |
Мамрэш Светланэ и ехъулIэныгъэхэр
Урыс пащтыхь гуащэ Марие (Идар Гуащэнэ) и ролыр фильмым щегъэзащIэ.
2019 гъэм Урысей телевиденэм и Япэ каналым иригъэкIуэкIа «Макъ» («Голос») зэпеуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу ныбжьыщIитI хэтащ: Бэрбэч Аскэррэ Мамрэш Светланэрэ. Нобэ нэхъ гъунэгъуу фэдгъэцIыхуну ди мурадщ япэ увыпIэм нэмыса щхьэкIэ, и IэщIагъэм Iэзагъ къызэрымыкIуэ къыщызыгъэлъагъуэ Мамрэш Светланэ.
АДЫГЭ пщащэр 1988 гъэм Нарткъалэ къыщалъхуащ, абы дэт езанэ курыт еджапIэр дыщэ медалкIэ къиухащ. Мамрэшым зэрыжиIэжымкIэ, ЩэнхабзэмкIэ унэм щылажьэ Сапрыкинэ Галинэ дежщ абы театрым хуищIа лъагъуныгъэр къыщежьар.
Курыт еджапIэм къыщIэкIа нэужь, хъыджэбзыр Москва дэт къэрал университетым журналистикэмкIэ и факультетым щIэтIысхьэну хуожьэ, ауэ къехъулIэркъым. Зэрылажьэм хуэдэурэ, фIыуэ зегъэхьэзырри, Светланэ етIуанэ илъэсым Щепкин Михаил и цIэр зезыхьэ театр училищэ нэхъыщхьэм и студент мэхъу. Абы илъэситIкIэ щеджауэ, пщащэм къещIэ пщIэшхуэ зиIэ режиссёр ехьэжьахэм хабжэ Серебренников Кирилл Мэзкуу дэт Художественнэ театрым (МХАТ) пыщIа студием гупыщIэ зэрыщIигъэтIысхьэр. А зэманыр игу къыщигъэкIыжкIэ, Мамрэшым жеIэж: «Серебренниковыр къызэрыслъагъуу, ар гупсысэкIэкIи, дуней тетыкIэкIи сэ зэрызэщхьыр, сыдэмылажьэу зэрымыхъунур къызгурыIуат». Псалъэ дахэхэр и гъэсэн хъыджэбзым къыхужиIащ езы режиссёрми: «Светланэ ди еджапIэм къыщIэтIысхьэн щхьэкIэ къаруушхуэ тригъэкIуадэри, зы цIыхур цIыху 250-м щыпеуэ зэхьэзэхуэшхуэм къыпхыкIащ. Ар ехъулIэныгъэшхуэщ. Абы къыфIэкIри, еджэныгъэм пыщIа гугъуехь псори ишэчащ, къатехьэлъэу, пэмылъэщу хыфIэзыдзэжа куэд къазэрыхэкIам хуэдэу. ИужькIэ «Гоголь-Центрыр» къыщызэдгъэпэщми, абы щылажьэ «Студие ебланэм» щыджэгунухэр къыщыхэтхми, ди пщIыхьэпIи къыхэхуакъым абы Мамрэшыр щымылэжьэну. «Светэ хэмыту хъунукъым! Светэ роль нэхъыщхьэ псори егъэзащIэ! Абы лъэщу уэрэд жеIэ! Мамрэшым и сценэ итыкIэр-щэ! Ар тхьэIухудщ, Iущыцэщ!» - апхуэдэут дызэрегупсысыр. ИкъукIэ сфIэфIщ хъыджэбзым къызыхэкIа лъэпкъыр къыпкърыщу зэрыщытри. Сэ сыт щыгъуи сыщIэхъуэпсырт ди театрым Урысейм ис лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм щыщхэр щызгъэджэгуну. Светэ езым иджыри ищIэркъым щыджэгуну къыхуихуэну псор. Сэ къызэрысфIэщIымкIэ, абы роль гъэщIэгъуэн куэд къыпоплъэ. Хъыджэбзым дунейм хуэнэпсей хущIэкъуныгъэ, гукъыдэж дахэ бгъэдэлъщ, сыт щыгъуи къызэрымыкIуэ, узыпэмыплъа, ямылъэгъуа гуэр утыку къызэрырихьэным ирихулIэу».
Мамрэш Светланэ интервью щIэщыгъуэ дыдэ дригъэкIуэкIауэ щытащ «Адыгэхэр» фондым и журналист Къэжэр Ланэ. ЩIэупщIэри жэуап зытри зэхуэфащэ дыдэу щызэрихьэлIа а зэпсэлъэныгъэм IупщIу щыболъагъу хъыджэбзыр и фIэщу дунейм зэрытетыр.
- Адыгэ пщащэм сыт хуэдэ хьэлхэр хэлъын хуейуэ къэплъытэрэ?
- Хъыджэбз Iэсэу си нэгум щIэтщ адыгэ пщащэр. ЗэпIэзэрыту, шыIэныгъэ хэлъу, гу къабзэу, хуабагъ къыпкърыкIыу. И Iэпэхэм дыщэ къыпыщу, сытми, IэкIэ куэд ищIэфу. Къэзыухъуреихь цIыхухэр, псом япэрауэ, и щхьэгъусэр, псалъэкIэ иунэтIыфу, фIым и гур хуиIэту, сабийхэр фIыуэ илъагъуу. Ар бзылъхугъэ Iущщ, анэфIщ. Мыхьэнэшхуэ иIэуи къысщохъу лэжьэкIэ ищIэу, Iуэхум хуэIэижьу щытыным.
- Адыгэ гупсысэкIэми, кавказ гъэсэныгъэми артист IэщIагъэм утригъэгушхуащэу щыткъым, псом хуэмыдэу, уцIыхубзмэ. Уэ зыгуэркIэ узэныкъуэкъужын хуей хъуа, дауэ къохъулIа а лъэныкъуэр?
- Ар узыхуэлажьэ Iуэхум елъытащ. Уи щэнхабзэм, уи дуней тетыкIэм, уи лъабжьэхэм, уи фIэщ хъум Iуэху зепхьэр пэщIэмыувэу, уеблэмэ, ахэр нэхъри иригъэфIакIуэмэ, сыт щIэмыхъунур? Сэ си IэщIагъэм узэщIыныгъэ къару хызолъагъуэ. ЦIыхум тхылъ къищтэу къемыджэфынкIи хъунщ. Ауэ спектаклым е концертым къакIуэмэ, хущхъуэ ефам, и лъым зыгуэр хаутхам ещхьу, зэхихыр занщIэу пкърохьэ. ГузэрыдзэкIэ еплъ щыIэ щытми, Iуэхум пэжу убгъэдэтмэ, сэ си IэщIагъэр уасэ зиIэ IэщIагъэ махуэщ.
- Унафэ псори пIэщIэлъу, сытми ухуиту щытамэ, сыт щыпхъуэжынт адыгэ цIыхубэм я псэукIэм?
- Псори дызэгухьэжыну сыхуейт. Зы щIыпIэм зэгъусэу дыщыпсэуну. Мис апхуэдэу дуней жэнэт цIыкIу духуауэ. Унэ лъапсэм щызекIуэ къалэнхэр щыдгъэзащIэу. Сэ си сабиигъуэм пыщIа гукъэкIыж IэфIхэр сиIэщ. Си анэшхуэр Псынабэ щыщщ, Архэстхэ япхъущ. ГъащIэр абы цIыхухэр зэрыщыпсэум хуэдэу щытын хуейуэ согупсыс: я зэхущытыкIэкIи, зым адрейм пщIэ зэрыхуищIымкIи, я лэжьэкIэкIи. Дунейм и дахагъыр, жьыуэ къызэрытэджхэр, жэм зэрызэрахуэр... А зэманым къигъэзэжыну сыхуейт.
Дэ ди лъабжьэхэр апхуэдэу улъэмыIэсыжыну жыжьэ щыIэкъым. Лъэпкъым и уасэр тфIэкIуэдакъым. СыкъызыхэкIам и напэ тесх зэрымыхъунур, сыдэкIуэмэ, сызыхыхьэ лъэпкъым къыпысщэн зэрыхуейр… Дэ ахэр псори тхъумэфащ. Ахэр гъунэгъубзэщ. Си ныбжьэгъухэм а къаруушхуэм щыщ зы налъи ябгъэдэлъкъым. ЗэпэIэщIэу щытхэщ, зэблагъэ дэнэ къэна, зэIыхьлыхэр зэкIэлъыкIуэркъым. Дэ ар дохъумэ. ЗыгуэркIэ уи щхьэ уебакъуэ хуэдэу мэхъу, ауэ уи псэр къурмэн зэрыпщIыфым хуитыныгъэ нэс къыхокIыкI. Нэхъыжьхэр зэрыбгъэлъапIэр, псалъэм папщIэ. Абы лъагъуныгъэ пэж жыхуаIэр къыуегъащIэ.
- Уэ уигу пфIэзыгъэкIуэдын щхьэусыгъуэ зыри щыIэ къыщIэкIынкъым, сытым дежи фIым ущыгугъыу фэ птетщ.
- Си Iуэхухэр щызэхэзэрыхьым дежи, сигукIэ сыхъарзынэщ сыт щыгъуи. Сызэримызакъуэр зыхызощIэ. Си закъуэу фэ стет щхьэкIэ, си закъуэкъым.
- А фIэщхъуныгъэр унагъуэра къозытар?
- СызыузэщIын щIэныгъэ сызэрыцIыкIурэ къэслъыхъуэу сыщытщ. Ар дэтхэнэ псэри зыхуэныкъуэ Iуэхущ. Адэ-анэр зэригъэгузавэр къызгуроIуэ, зыщIыпIэкIэ ирихьэкIыIуэну пIэрэ жаIэу, я фIэщу мэгузавэ. ТхьэхуэпщылIыкIэ гуэрым сыщIохъуэпс. Нэмэзым, псалъэм папщIэ. Илъэс 13 сыщыхъум мэжджытым сыкIуэурэ зезгъэсауэ щытащ. Узытетым тет цIыхухэм я гъусэу ар зэбгъэщIэным мыхьэнэ иIэщ. Иджыпсту псори мэшынэ, зэманыр апхуэдэу хъуащи. ИтIани, дин лэжьыгъэ гуэр умыгъэзащIэу хъунукъым.
ДЫЗЭРЫТ зэманым Мамрэш Светланэ Гоголь Николай и цIэр зэрихьэу Мэзкуу дэта театрышхуэм, иджы «Гоголь-Центр» зыфIащыжам, щолажьэ. Спектаклхэм, фильмхэм щоджэгу. Ар хэтащ, псалъэм папщIэ, «Грозный Иван» зи фIэщыгъэ киносериалым, Идар Марие - Гуащэнэ и ролыр игъэзащIэу. Иджы дыдэ къытIэрыхьа хъыбарщ Мамрэш Светланэ МэшбащIэ Исхьэкъ итха «Аиссе» романымкIэ ягъэув фильмым роль нэхъыщхьэр щигъэзэщIэну къызэрыхахар.
Театрым щоджэгу.
«Голос» урысейпсо зэпеуэм хэтщ. 2019 гъэ
ЧЭРИМ Марианнэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2002.txt"
} |
Адыгэхэмрэ къэзакъхэмрэ я къежьапIэр зы?
Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием КъБР-м щиIэ къудамэм (КБНЦРАН) и унафэщI, профессор Иуан Пётр и IэдакъэщIэкIыу тхылъыщIэ къыдэкIащ: «Адыгэхэмрэ къэзакъхэмрэ Урысейм и тхыдэмрэ и политикэмрэ къызэрыхэщыр: цIыхугъэ хэлъу бджымэ» («Адыги (черкесы) и казаки в истории и политике России: опыт нравственного прочтения»).
«ТХЫЛЪЫМ лъабжьэ хуэхъур Урысеймрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ игъащIэкIи щIызэгъусэфын щхьэусыгъуэхэр къэгъэнэIуэнырщ», - аннотацэм щыгъуазэ дещI щIэныгъэлIым къыджиIэну зигъэхьэзырым. Тхыдэр и IэщIагъэу щымытми, дэтхэнэ адыгэми ещхьу, Иуан Пётр зытепсэлъыхьыр «илъэси 160-рэ дэкIа нэужьи, сыт и лъэныкъуэкIи иухакIэ узэмыджэфын зауэрщ». ЩIэныгъэлIым игу къоуэ апхуэдиз зэман зэрыдэкIам хуэдэу, тхыдэ пэжыр нобэр къыздэсым урысей цIыхубэми, дуней псоми я пащхьэ зэримылъыр. Адыгэ зэгухьэныгъэ, къэрал къулыкъущIэ ирехъу, лъэпкъ Iуэху зэрахуэныр пщэрылъ зыхуэхъухэм я къалэныр ягъэзэщIамэ, Урыс-Кавказ зауэм къыхэкIа лъэпощхьэпохэр гъэзэкIуэжа хъунут, езы Урысей къэралми лъэныкъуитIми нэплъэжыгъуэ яхуэхъун лъэбакъуэ махуэ ипэкIэ ячыфынут. А хэкIыпIэр къызэрамыгъуэтыфым нобэ адыгэхэри къэзакъхэри гугъу ирегъэхь, зэгурыIуэныгъэмрэ мамырыгъэмрэ хуэкIуэным и пIэкIэ, щIэблэм мыкIуэдыжын зэпэщIэтыныгъэ къыхуагъэнэным нэсауэ.
«Нобэр къыздэсым Урысейм щызэпыуакъым Урыс-Кавказ зауэр цIыху цивилизацэшхуэм хьэщхьэрыIуэхэр зэрыдигуам теухуа тхыдэу къызыщыхъухэм я псалъэмакъыр», - щыжеIэ Иуаным пэублэм. Iыхьищу зэхэлъ тхылъым и кIыхьагъкIэ и гупсысэхэм щыгъуазэ дищIурэ, щIэныгъэлIым еплъыкIэ гъэщIэгъуэн утыку кърехьэ. Абы къызэрилъытэмкIэ, къэзакъхэмрэ адыгэхэмрэ тхыдэкIэ зэбийуэ къызэрекIуэкIам уигъэбэлэрыгъ щхьэкIэ, ипэжыпIэкIэ къэзакъхэр къызытехъукIыжар адыгэхэрщ. Урысыпщ Мстиславрэ пасэрей адыгэ лъэпкъыжьу ялъытэ кIэсэгъухэм япщ Ридадэрэ щызэзэуа лъэхъэнэм егъэзэжри, Иуаным а зэманым урысыпщым и гъусэу къэкIуа зауэлIхэр щIыналъэм къызэринам щыхьэт техъуэ тегъэщIапIэхэр къегъуэт. Ар зэреплъымкIэ, Мстислав и гъусэу къакIуэхэу кIэсэгъухэм яхэшыпсыхьыжа зауэлIхэрщ «къэзакъ» лъэпкъыр къызытехъукIар.
ПцIы хэлъкъым Урыс-Кавказ зауэм и зэманым пащтыхьым и чэнджэщэгъу мыхъумыщIэхэу Евдокимов Николай, Вельяминов Алексей, Фадеев Ростислав сымэ адыгэхэр зрахуа щIыналъэхэм икIэщIыпIэкIэ ирагъэтIысхьэн къэзакъ щхьэбжыгъэ щахуримыкъум, адэ-модэкIэ жыIэмыдаIуэу, цIыхубэр зыгъэпIейтейуэ щыпсэуа урыс мэкъумэшыщIэхэм Iэщэ IэщIалъхьэу «къэзакъыщIэ-
хэр» адыгэ щIыналъэм зэрыщызэхуахусами. Ахэращ иужькIэ «урыс къэзакъ» зыфIащыжахэр. Ауэ тхыдэм укIуэцIрыплъмэ, урыс тхыдэджхэу Карамзин Николай, Татищев Василий сымэ я деж щегъэжьауэ, тхакIуэшхуэ Толстой Лев деж щиухыжу, щIэныгъэ зиIэхэр къэзакъыжьхэмрэ адыгэхэмрэ къежьапIэкIэ зэрызэIыхьлым щыхьэт тохъуэ, ар езы лъэпкъитIым я цIыху хьэлми къегъэлъагъуэ.
Урысейм и Президент Путин Владимир адыгэхэм я тхыдэр нэгъэсауэ и пащхьэ изымылъхьэф щIэныгъэлIхэмрэ къулыкъущIэ-
хэмрэ игъэкъуаншэурэ, Иуаным жеIэ: «Адыгэхэр зы щIыналъэм щызэрыубыдыжыфын хуэдэу, къэралым унафэ узыншэ къыщIыхудэмыгъэкIым щхьэусыгъуэу иIэр зи къулыкъу зыфIэкIуэдыну хуэмейхэм хъыбар нэпцIхэр зэрагъэIурщ, адыгэхэм щхьэхуэ защIу «Шэрджэсеишхуэ» къэрал яухуэным щэхуу щIэхъуэпс хуэдэу Президентым зэрыбгъэдалъхьэрщ, къэралыр щхьэпагъ хэмылъу щIыналъэ цIыкIу-цIыкIуу иугуэшыкIауэ зэрыщытым фейдэ хэзыххэр куэд зэрыхъурщ».
Пащтыхьыгъуэм зэрихьа лейр Европэм щабзыщIын папщIэ зэIуащауэ щыта тхыдэ нэпцIыр утыку ирихыу, адыгэхэмрэ къэзакъхэмрэ зы лъэпкъыу зэрыщытыр зыгуригъаIуэу, езым жэуап щIимыхь блэкIам щхьэкIэ тобэ гуэр къихьыжу, урысей къэралым цивилизацэм и лъэныкъуэкIэ лъэбакъуэ щхьэпэ хуэчынум зыщIыхигъэкIыжын щыIэкъым, - аращ щIэныгъэлIым и тхылъым и купщIэ дыдэр.
Iуэху еплъыкIэкIэ техуэ-темыхуэм емылъытауэ, лъэпкъ Iуэху зезыхуэ дэтхэнэ зыми имыщIэ гуэр щигъуэтынущ Иуан Пётр и тхылъыщIэм.
ЧЭРИМ Марианнэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2003.txt"
} |
Мэз Каринэ хуэдэ щыIэкъым
Адыгэ бзылъхугъэ гуакIуэ, анэ гумащIэ Мэз Каринэ КъБР-м и Жылагъуэ палатэм политикэмкIэ, спортымрэ хэкупсэ гъэсэныгъэмкIэ комиссэм хэтщ. Ар зэфIэкI, къару ин зыбгъэдэлъ, спортымкIэ ехъулIэныгъэфIхэр зыIэрызыгъэхьэ бзылъхугъэщ. Кавказ Ищхъэрэм цIыхубзхэм ящыщу тIэунейрэ Эверест и щыгум дэкIауэ диIэр Каринэ и закъуэщ. Абы къыщымынэу, Хан-Тенгри (6637 м), Килиманджарэ (5895 м), Манаслу (8156 м), Охос-дель-Саладэ (6893 м), нэгъуэщI щыгу мыцIыху куэдми и лъэр нихьэсащ Мэзым. Iуащхьэмахуэ и закъуэ къапщтэмэ, 150-рэ дэкIуеящ.
Къэбэрдей-Балъкъэрми Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэми Каринэ фIыуэ къыщацIыху, ныбжьыщIэхэмрэ щIалэгъуалэмрэ альпинизмэм дегъэхьэхыным хуолажьэ. Абы сытым дежи къызэрегъэпэщ мастер-классхэр, къыдэкIуэтей щIэблэм гъащIэ узыншэ ирахьэкIыным, хахуэу къэхъуным хуегъасэ.
Ди республикэм и мызакъуэу, Урысей псом къыщызэрагъэпэщ Iуэхухэм ирагъэблагъэ Мэз Каринэ икIи бзылъхугъэ нэсым и щапхъэ дахэу утыку къохьэ.
Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.
НэщIэпыджэ Замирэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2004.txt"
} |
ЛIЫГЪЭ НАПЭ
УсакIуэ, тхакIуэ щэджащэ МэшбащIэ Исхьэкъ щытхъуцIэу иIэр мащIэкъым, ахэр къимылэжьауи къыIэрыхьакъым. Нэгъабэ хуэфащэ дыдэу «Урысей Федерацэм и Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь» цIэ лъапIэр къыфIащащ, а щIыхьыр къэзыгъэлъагъуэ дыщэ вагъуи Президент Путин Владимир Кремлым къыщыхилъхьащ. Зэрылъэпкъыу - хэхэси, хэкурыси - дригуфIащ, дригушхуащ, дрипэгащ а Iуэхугъуэм.
СЫКЪЭЗЫЦIЫХУХЭР щыгъуазэщ 1967 гъэм къыщыщIэдзауэ, иджыри сыхэхэсу, МэшбащIэ Исхьэкъ и усэхэм саригъэру сыкъызэрекIуэкIар. Ауэ ар адрей «гъэрыпIэхэм» яхуэмыдэу удэзыхьэхт. КъызэднэкIа тхьэмыщкIагъэр къызыхэщ, макъамэ гущIыхьэхэр къызыхэIукI усакIуэ телъыджэм и сатырхэм япхыша гупсысэхэм си гур яхузырт. А гукIуэдым сыкъыхишыжырт анэм, хэкум, лъэпкъым, цIыхум хуэгъэза фIылъагъур зыпхыша, гугъэр къэзыгъэпсэуж усэ макъамэхэм. АпщIондэху зэш имыIэу лъэпкъым хуэлажьэ МэшбащIэм и лIыгъэр си нэгу къыщIэувэрт.
Дэ лъэпкъ Iуэхум дыкъыхуэуша къудейщ. Адэжь лъахэр ди пщIыхьэпIэм хэмыкIыу дыпсэу щхьэкIэ, хэкурысхэм хэхэсхэм яхуэгъэзауэ ягу илъым дыщигъэгумащIэ лъэхъэнэщ дызэрытыр. Ауэ Исхьэкъ къытлъигъэIэс усэхэм дызэрамыгъэмысэм гу лъыдотэ, дигухэри къыдрашей.
Уи лъэпкъымрэ уи щIыналъэмрэ ухуэусэ къудейкIэ дунейпсо усакIуэ ухъуфын? МэшбащIэм и сатырхэм яхэлъ гупсысэм дэтхэнэ лъэпкъым щыщ цIыхуми и гур зэщIищтэнущ. Абы и щыхьэтщ, псалъэм папщIэ, «Фыкъыздэшэс» усэр. Исхьэкъ и сатырхэм къахохуэ и хэкум папщIэ и псэ хэзылъхьахэм ятеухуахэри. Абыхэм я гугъу пщIыуэ тхылъышхуэ птхыми, я гум щыщIэр МэшбащIэм къызэрехъулIэм хуэдэу къыпхуэIуэтэнукъым. УсакIуэм ди фIэщ ещIыф хэкур хэт папщIи лIыгъэ напэу зэрыщытыр:
Уи хэщIапIэм хуэдэу лъапIэ
ЛIыгъэ напэу сыт щыIэн?
Анэшыгъэр пхуэхъуу плъапIэ
Уи щIыналъэ мыщIыIэн.
КъызэрымыкIуэщ МэшбащIэм хэхэсхэм зэрызахуигъазэ псалъэхэри. Абы и лъэпкъэгъур зыщыпсэу хэгъэгур Iумпэм ищIу аракъым, езым и гур хэкумкIэ къызэремыIэм щхьэкIэ, хуэгузавэу аркъудейщ:
Жэщыр щыфIыцIэу, махуэр щыпшагъуэу
ЖысIэмэ, пэжкъым - пцIыр сыту сщIыну?
ИтIани, сщIэркъым ущыгъуэщауэ
Зыгуэрым и щIым узэрисынур.
Апхуэдэ усэхэм дыкъыщеджэкIэ, ди адэжь и лъапсэ дгъэзэжмэ, бысым зэрыщыдиIэр ди гум щыдгъафIэу апхуэдэт.
ГуфIэр псынэпсу, уэсэпсу дыгъэр
Къолъадэ нэгум, къолъадэ нэгум.
Дядэжьхэм я щIырщ дэ зэдихэкур -
Сэлам алейкум! Сэлам алейкум!
МэшбащIэм къохъулIэ лей къыдэзыхахэм псалъэ мащIэ дыдэкIэ, итIанэми, щхьэтечауэ ящIар къагуригъэIуэжын. УсакIуэр зымыгъэгумащIэ Iуэхугъуи, зыхуэмыгумащIэ цIыхуи, лъэпкъи щыIэкъым. «Сызэджахэм мыракъэ псом нэхърэ нэхъ дахэр?», - жозыгъэIэ усэхэр Исхьэкъ и куэд дыдэщ. Абы къыхэкIыу, уащыхэдэкIэ, Iэнкун умыхъун плъэкIынукъым.
КъызэщIэкъуауэ жыпIэмэ, адыгэ тхакIуэшхуэм и усэхэми и тхыгъэхэми гъащIэрщ яхэлъыр, фIы щIэнырщ, лIыгъэрщ къызыхуриджэр. Анэдэлъхубзэр мыпхуэдэу зыгъэбзэрабзэм пщIэ хуумыщIыныр плъэкIынукъым.
ЦIыхум ищIэ псори хьэзыру бгъэдэлъу дунейм къытехьэркъым. Зыхуэза цIыхухэми, зэджа гъэсэпэтхыдэми, нэIуасэ къыхуэхъуа ныбжьэгъухэми япсыхь абы и дуней тетыкIэр. ИтIанэ езыми псалъэ гуэрхэр нэхъыбэрэ къыфIыдэкIуейуэ мэхъу. Сэри сигу къыпылъадэри, апхуэдэ псалъэ зыбжанэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм хы Iуфэм щригъэкIуэкIа зэIущIэм хуэгъэзауэ зэхэслъхьауэ щытащ. Абы щыщ пычыгъуэмкIэ си тхыгъэр сыухыну сыхуейт:
Уэ сыкъэзылъхуа си лъэпкъ гупсэ!
Уэ уи лэгъу иджыри бауэу,
Иджыри лъэбыдэ-псэбыдэу,
Къэнэжа лъэпкъыр кIуэдкъым.
БэгъащIэ лъэпкъхэм я нэгум
ЩIэкIри мащIэкъым.
Мис, уэри гъуэгу гъэщIэгъуэн,
Гъуэгуанэ хьэлъэ къэпкIуащ.
ЦIыху лъэпкъым тыгъэ хуэпщIащ
Уи хабзэ, уи нэщэнэ дахэхэр.
МЭШХУЭФI Нэждэт. Мейкъуапэ къалэ
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2005.txt"
} |
«ХьэIишэт» романым и киногъуэгур
Фильмым и режиссёр Муратов Александр, сценарист Сасинэ Маринэ, тхакIуэ МэшбащIэ Исхьэкъ сымэ Мэзкуу щызэхуэзащ.
Адыгэ бзылъхугъэм тратхыхьар мащІэкъым, тражыІыкІари нэхъыбэжщ. Абы и хъыбарыр яхуэмыІуэтэщІыж ищІащ и дахагъэм къыщымынэу и Іущагъми, и щэныфІагъми. Дэнэ щІыпІэ къыщыхутами, ар и цІыху щІыкІэмкІэ къыхэщырт, зыми емыщхь хабзэ дахэмкІэ къэлъагъуэрт. Арагъэнущ дахэу хужаІэри яфІэмащІэу, фІагъыу бгъэдэлъри яфІэгъэщІэгъуэну адыгэ цІыхубзым и цІэр дунейпсо литературэми щэнхабзэми къыщІыхэнар.
Апхуэдэу, щытхъу дахэ хуаIуатэ адыгэ бзылъхугъэ, франджы эпистоляр литературэм и классик Аиссе Шарлоттэ-Элизабет ХьэІишэт. Къипсэлъыр узыфІэмыкІыжын Іущыгъэу ялъытэу, и зыІыгъыкІэмрэ и дуней тетыкІэмрэ узытемыкІуэн хабзэу ялъагъуу, и зыхуэпэкІэри щыгъын щытІэгъэкІэм и щІэныгъэ нэсу ягъэуву дунейм тета ХьэІишэт зыхэпсэукІа лъэхъэнэм елъытауэ псоми къахэщырт, и щхьэкІэ плъэмыкІыу узригъэхъуэпсэкІыуи щытт. Шэрджэс пщащэм хэт тетхыхьми, и щэн дахэм гу лъыуигъатэрт.
ХьэІишэт и теплъэмрэ и псалъэмрэ тращІыкІауэ дунейпсо литературэм Іэджэ тхыгъи ущрихьэлІэнущ. Гулъытэншэ щыхъуакъым ди лъэпкъэгъу цІыхубз цІэрыІуэр адыгэ литературэми. Абы и гъащІэр и тегъэщІапІэу 1973 гъэм драматург цІэрыІуэ Щхьэплъокъуэ Хьисэ пьесэ итхыгъащ. Пьесэм къытращІыкІа спектаклыр 1980 гъэм Мейкъуапэ дэт адыгэ театрым щагъэувауэ щытащ. ТхакІуэшхуэ МэшбащІэ Исхьэкъи ХьэІишэт роман телъыджэ триухуащ.
Адыгэ цІыхубзым и гъащІэр экраным къихьэн, кино ІэмалхэмкІэ абы ехьэлІа тхыдэ теплъэгъуэхэр лъэпкъым бгъэдэлъхьэн зэрыхуейм зыбжанэ лъандэрэ ирипсалъэрт. МэшбащІэм и ІэдакъэщІэкІыр дунейм къытехьа нэужь, а псалъэмакъым нэхъри зиубгъуащ. Тхыгъэр тхыгъэшхуэщ, абы къызэщІиубыдэ теплъэгъуэхэр хэгъэгу зыбжанэм зэрыщекІуэкІым, тхыдэ хуэІухуэщІэ зэхуэмыдэ куэд къызэрызэщІиубыдэм тепщІыхьмэ, кино техыныр шэщІа зэрыхъунури, зэпэшэчын хуей куэд къызэрылъыкъуэкІынури, абы къыхэкІыу, мылъкушхуэ зэрытекІуэдэнури гурыІуэгъуэт.
Ауэ МэшбащІэм и романым щІэупщІэ игъуэтащ, кинофильм тепщІыкІ хъуну къару зэриІэри нахуэ хъуащ. Тхыгъэр экраным къихьэным Адыгэ Республикэм и Іэтащхьэу щыта, хьэрычэтыщІэ Щэумэн Хьэзрэтрэ сенатор Къанокъуэ Арсенрэ мылъкукІэ щыхыхьэм, зыбжанэ лъандэрэ зытепсэлъыхь проектым псэ къыхыхьащ. «Джатэ и щІагъ нанэ щыІэкъым» жыхуиІэращи, Іуэхур къызэрызэщІэмыкІуэжынур, фильмыр игъэувыну кърагъэблэгъа режиссёрыр и гуащІэ зэремыблэжынур, лэжьыгъэмкІэ гугъэ пщІы зэрыхъунур къэлъэгъуащ. Проектыр дзыхь хуащІри, Урысей Федерацэм гъуазджэмкІэ щІыхь зиІэ и лэжьакІуэ Муратов Александр кърагъэблэгъащ. Телевизореплъхэм ар нэхъыбэу яцІыху «Королева Марго», «Д.Д.Д. Досье детектива Дубровского» сериалхэмрэ «Преступный квартет», «По прозвищу зверь», «Львиная доля», «Моозунд» фильмхэмкІэ.
ХьэІишэт теухуа фильмым и техыным епха Іуэхугъуэхэм щІадзауэ нэгъабэ дыгъэгъазэ мазэ лъандэрэ йолэжь, абы къыщегъэжьауэ тезыхыну гупым хэтынухэри, ролхэр зыгъэзэщІэнухэри къыхах. Мы махуэхэм Адыгэ Республикэм актёрхэм я хэдэрыхэшыр щокІуэкІ, кинотеплъэгъуэхэр щытепх хъуну щІыпІэхэр щаубзыху.
Зи гъащІэр Кавказым къыщежьэу, Тыркум щыпищэу, Франджым щиуха адыгэ цІыхубзщ режиссерыр зэувэлІа романыр зытеухуар. И адэм и лъапсэр зэрапхъуэу гъэр ящІа ХьэІишэт зи цІэ хъыджэбз цІыкІур 1698 гъэм ливр 1500-кІэ Уэсмэн пащтыхьыгъуэм щыІа франджы лІыкІуэ Шарль де Ферриоль Истамбыл бэзэрым къыщещэхури, пхъу ещІ. Абы щыфІэкІыжым, ирегъаджэ, щІэныгъэ хъарзыни ирегъэгъуэт. Чыристан диныр къыщищтэм, Шарлоттэ-Элизабет цІэр къыфІащат, арщхьэкІэ дунейм тетыху абы къызэреджар франджы жыІэкІэм иува Аиссе цІэмкІэщ. ХьэІишэт узримыгъэплъу хъыджэбз дахэ къищІыкІащ, езыр гуакІуэт, щабэт, псэм дыхьэм хуэдэщ жыхуаІэт. ГъащІэм зэхэзедзэн ищІа ХьэІишэт къызыхэхуа унагъуэр сыт хуэдизу къыхуэмыгумэщІами, и нэгум къищ и гурыгъузхэр яхуэгъэкІуэдакъым, гущІэм щигъэпщкІу и гурыщІэхэр къахуэтІэщІакъым. А псом и щэнри ягъэпса къыпфІигъэщІу Іэсэт икІи зэпІэзэрытт. Франджы литературэхутэ Шарль Огюстон Сент-Бёв етхыж: «Азие бэзэрым къраша а адыгэ цІыхубзыр Франджым къыщІашар бзылъхугъэм и щІыхьымрэ абы и къабзагъэмрэ зыхуэдэн хуейр яригъэлъагъуну арагъэнт», - жери.
XVIII лІэщІыгъуэм щыІа цІыху зэхэтыкІэм уеплъмэ, сыт и лъэныкъуэкІи къыхэщ ХьэІишэт нэгъуэщІ зы фІагъи бгъэдэлът: абы зэхэщІыкІышхуэ иІэу къыщІэкІащ. ЦІыху губзыгъэщ хужаІэу и зэманым псэуа тхакІуэ, узэщІакІуэ, философ куэд абы деж щызэблэкІыу щыхьэщІэрт, дэтхэнэми яжриІэнрэ яхуиІуэтэнрэ игъуэту. И ныбжьым емылъытауэ акъылышхуэ къызылъыкъуэкІа цІыхубзыр щыпсалъэкІэ, кІэщІт, ауэ купщІафІэт, жиІэр зэгъэзэхуат, ауэ шэрыуэт. ХьэІишэт бгъэдэлъ зэчийр нахуэ щыхъупар абы Каландрини гуащэм хуитхауэ щыта тхыгъэхэр зэуІуу дунейм къытехьа нэужьщ. Псэ къабзагъэм, фІылъагъуныгъэ пэжым, цІыхугъэм ипэ зыри изымыгъэщ ХьэІишэт куэд къигъэщІакъым, и ныбжьыр илъэс 39-м иту 1733 гъэм дунейм ехыжащ.
МэшбащІэм и романым дунеитІ щызэ- пэщІэгъэуващ: XVIII лІэщІыгъуэм щыІа франджы гъащІэмрэ абы сыткІи пэщІэт адыгэ дунеймрэ. ТІури ХьэІишэт и дунейм щызэхэтщ, зыр щыпІэжьажьэм зыр щыныкъуакъуэу. Кинопроектыр езышэжьа Муратовым зэрыжиІэмкІэ, а зэпэщІэт дунеитІращ ХьэІишэт и гъащІэр гъэщІэгъуэн зыщІыр, укІэлъыплъыну, и Іуэху зэрыхъумрэ зэрыхъунумрэ утеплъэкъукІыну ухуэмейуэ щытыкІэ уизыгъэувэр.
Романым сценарие хуэтхыныр къалэн тыншу зэрыщымытымкІэ режиссёрым зеумысыж, ауэ удэзыхьэх икІи узыІэпызышэ лэжьыгъэу зэрыщытри къыхегъэщ. Тхыгъэм къыхихыну сюжетыр сценаристым зэришэщІынум, киноматериалым теІунщІапІэ хуищІынум куэд зэрелъытари жеІэ.
ХьэІишэт теухуа фильмым и сценариер итхыну кърагъэблэгъащ Сасинэ Маринэ. «Призрак Черной смерти», «Петербургский роман» кинофильмхэм я сценариер зытхар аращ. Ар къыщыгъэнауэ, дунейпсо кинематографым и хэлъхьэныгъэшхуэу къалъыта Глаголевэ Верэ и «Одна война» фильмым и сценариери зейр Маринэщ. Муратовымрэ Сасинэмрэ зэгъусэу зы лэжьыгъэкъым зэдащІар, «Средство от смерти», «Правила маскарада», нэгъуэщІхэми зэделэжьащ ахэр.
- Иджыпсту дызыпэрыт романым, - жеІэ Муратов Александр, - гу лъумытэнкІэ Іэмал имыІэу нэгъуэщІ зы гъэщІэгъуэни хэлъщ. ЦІыхубзым и псатхьэтыным, фІылъагъуныгъэ нэсым, ныбжьэгъугъэм уасэ щыхуамыщІыжу щыта лъэхъэнэм ХьэІишэт къыхэщырт езым къыдалъхуа къабзагъымкІэ, и щытыкІи къыхэщу къызыхэкІа лъэпкъым и щэнхабзэмкІэ. Тыншыгъуэ щІагъуэ зыхэмылъа ХьэІишэт и гъащІэм ахэр мыуныкъуауэ зэрыпхришар хуабжьу телъыджэщ.
Сасинэ Маринэ Исхьэкъ и тхыгъэм щыгъуазэ зыщыхуищІым, трахыну фильмым и сюжетыр зэуэ къыхилъагъукІащ. «Пэжщ, тхыдэр зи лъабжьэ тхыгъэщ, ауэ, фегупсысыт, апхуэдизу гукъинэж хъуа цІыхубзым ищІа фІылъагъуныгъэр зыхуэдэнум», - жеІэри, абы къыфІигъэкІыркъым.
Пэж дыдэу, фильмыр тезыхынухэм нэхъ зытраубыдэр абы и сюжет нэхъыщхьэр ХьэІишэт псэуху зыхуэпэжа фІылъагъуныгъэм къещІэкІауэ щытын зэрыхуейращ. 1720 гъэм ХьэІишэт Мальтэ орденым и лІыхъусэ Блез-Мари д’Эди нэІуасэ хуохъу. НыбжьыщІитІым я кум къыдэхъуа гурыщІэм тІури епцІыжакъым, ауэ я гъащІэр зы ящІыну, я бын зэдапІыжу унагъуэу зэдэпсэуну насып яІакъым. ЦІыху гъащІэм хэлъ драмэр мыбдеж апхуэдизкІэ уэру къызэрыдохьейри, уимыгъэпІейтеинкІэ Іэмал имыІэу псэкІэ задэпщІу ухуожьэ - Сасинэм тегъэщІапІэ ищІри мис аращ. Мальтэ орденым хыхьар и тхьэлъанэ епхауэ, унагъуэ зэригъэпэщыну хуимыту мэхъу. ГъащІэм къахуихьа лъэпощхьэпом тІури ебэкъуэну Іэмал зэрамыІам, цІыху зэхущытыкІэхэм, тхыдэ щхьэусыгъуэ зэхуэмыдэхэм яжь а гурыщІэ къабзэм зэрыщІихуам, я хьэлкІи, я дуней лъагъукІэкІи зэмыщхь цІыхуитІыр а псом къызэрыхэкІыфам сюжетыр теухуауэ зэрыщытынур фильмым елэжьынухэм къыхагъэщ.
«Зэгуэр франджы тхакІуэ Поль де Сент-Виктор ХьэІишэт теухуауэ итхыгъат псоми фІылъагъукІэр зищІысыр щащыгъупщэм абы цІыхур фІыуэ зэрылъагъун хуейм и щапхъэ дигъэлъэгъуащ, жиІэри - гу лъыдегъатэ МэшбащІэм ХьэІишэт ищІа фІылъагъуныгъэм щытепсэлъыхькІэ. - Щалъхуа лъахэм пэІэщІэ пэтми, адыгэ цІыхубз цІыкІум лъэкІащ зыкъызыщыхъужа франджы лІакъуэлІэшхэм псатхьэтынымрэ къабзагъэмрэ я щапхъэ яригъэлъагъун. Зы мастэкІи шэч къытесхьэркъым абы и цІэр франджы щэнхабзэ тхыдэм къыщІыхэнам ар и зы щхьэусыгъуэу зэрыщытым».
Сасинэ Маринэ зытхьэкъуа ХьэІишэт зыщыщымрэ къызыхэкІамрэ къыгурыІуэн, нэхъ куууэ зыхищІэн папщІэ абы и дуней лъагъукІэм и лъабжьэу щыт адыгэ гупсысэкІэр зыхуэдэм, и философием къиубыдыр зыхуэдизыр зригъэщІэну иужь ихьащ. «Шэч хэлъкъым, - жеІэ Маринэ, - фильмым лъабжьэ хуэхъур МэшбащІэм и романырщ. Ауэ абы и гъунапкъэм укъинэнкІэ Іэмал имыІэу Исхьэкъ зи гугъу ищІ адыгэ гупсысэр зыхуэдэм фІыуэ зыщыгъэгъуэзэн хуейщ. Арыншауэ ХьэІишэт экраным къыпхуихьэнкІэ фІэщщІыгъуейщ. Си ІэщІагъэкІэ сыфилологщ, лъэпкъ куэдым я эпосхэм мыІейуэ сыщыгъуазэу зыкъызолъытэж. Ауэ адыгэм я «Нартхэм» иджыщ сыщыІууэр, згъэщІагъуи ирикъукъым. Сытуи дахэ, сытуи лъэщ, сытуи телъыджэ! «Нартхэм» сыщІэджыкІыну Іэмал сиІа нэужь сэ хьэкъыу спхыкІащ ХьэІишэт зыщІапІыкІа философием и къарур зэрыиныр, абы зэ ужьэхэуамэ, лъэужьыншэу зэрымыкІуэдыр».
ЗытелэжьыкІыну сценариер хьэзыр хуэдэщ. Абы, дауи, пІалъэ-пІалъэкІэ зэхъуэкІыныгъэ гуэрхэр игъуэтынущ, зыгуэрхэри зэрагъэзэхуэжынущ. Ауэ езы МэшбащІэм шыІагъэ хэлъу пІэрэ жыпІэнущ. Исхьэкъ сценариер щатхым яхэпсэлъыхьакъым, зи ІэщІагъэм хуэІэижьхэм дзыхь яхуищІащ.
- ХьэІишэт теухуауэ жысІэну сызыхуей псори романымкІэ къэсІуэтащ, - зеумысыж Исхьэкъ. - Киносценариер, гурыІуэгъуэщ, тхыгъэм къыщхьэщокІ. Мыбдеж сценариер зытхми, режиссёрми, операторми езым я лъагъукІэ къыхамылъхьэу хъунукъым. Си гупсысэ нэхъыщхьэхэм фащэ щызытІэгъэнур ахэращ.
Фильмыр техыным телажьэ «Орёл», «Ракурс» кинокомпаниехэм я лІыкІуэхэр тхьэмахуэм нэблагъэкІэ Адыгэ Республикэм щыІащ, фильмыр тезых гупым я гъусэу Цей Ибрэхьим и цІэр зезыхьэ Лъэпкъ театрым щекІуэкІа хэдэрыхэшми хэтащ. ЗэрыщыІа пІалъэм къриубыдэу ахэр хэплъащ ХьэІишэт и цІыкІущхьэм, и Іыхьлыхэм, и адэжь щІыналъэм къыщигъэщІа мащІэм и кІуэцІкІэ ар къэзыухъуреихьа цІыхухэм я ролыр зыгъэзащІэ хъунухэм.
ХьэІишэт и ролыр зыгъэзэщІэнур къыхэха зэрыхъунуращ пщэрылъ нэхъыщхьэ дыдэу къэувыр. Іуэхугъуэ куэд щызэтехуапхъэщ мыбдеж: егъэлеяуэ дахэу икІи зэкІужу зэрыщытын хуейм и мызакъуэу, абы и и гурыгъу-гурыщІэм къигъэщІ дунейми, екІуэкІыр зэрызыхищІэми, зэрыпэджэжми мыхьэнэшхуэ иІэнущ.
- Фильмым и гупсэ хъур ХьэІишэтщ, - жеІэ хэдэрыхэшыр къызэзыгъэпэщахэм я пашэ Коломистовэ Александрэ. - Телевизореплъыр къоплъкІэ е къодаІуэкІэ зэфІэкІыркъым, и нэІэ къыптримыгъэкІыу зэщІэбубыдэфу щытын хуейщ. Апхуэдиз дахагъэмрэ губзыгъагъэмрэ зыхэлъ цІыхубзым и щабагъри, щэныфІагъри къызэдегъэщтауэ ролым ухуэфащэу уджэгун хуейщ. ХьэІусыпэ зрату франджым яхэтыр ХьэІишэт зригъэдэІуфэу, зришэлІэфу щыщытакІэ, ари щыщІагъэ имыІэу къыптещын хуейщ. ХьэІишэт и ролыр зыгъэзэщІэнур, ар хэтуи щрети, щытыкІэ гугъу дыдэ иувэнущ, зэрызиІыгъым къыщегъэжьауэ и гущІагъщІэлъыбзэхэр къызэриІуатэм нэсыжу шыбзэм щІигъэкІыну къыпэщылъу. НэгъуэщІ пэбубыдыфынукъым философ Вольтер, Франджыр зи ІэмыщІэ илъа Орлеан пащтыхь ныкъуэр зи уэршэрэгъуу щытахэм.
- Гугъум къыщынэркъым гъэрыпІэм укъибэкъукІыу гуащэ ухъуныр, а цІэм сыт и лъэныкъуэкІи хуэфащэу ущытыныр, - къыпещэ Александрэ и псалъэм «Орёл» кинокомпанием и унафэщІ Орёл Владимири и гупсысэр, - хуабжьу хьэлъэщ, зыхузэфІэмыкІхэри нэхъыбэжщ. ХьэІишэт еджэу епщэжа къудейкъым, цІыхухэр зришэлІэфащ. Телъыджэлажьэу къысщыхъунущ апхуэдиз зэфІэкІыр къызылъыкъуэкІын актрисэ къытхухэхмэ, абы хуэфэщэн джэгуакІуэ гупи тхузэгъэпэщмэ.
- Псори къызогъанэри, тхакІуэ зэфІэкІ бгъэдэлъащ ХьэІишэт. Адыгэ бзылъхугъэм къыщІэна «Каландрини гуащэм хуэгъэза тхыгъэхэм» нэхъ щыхьэтыфІ ухуейкъым ар цІыху къызэрыгуэкІыу зэрыщымытар къэбгъэлъэгъуэну. Франджы литературэм и классик хъуа ХьэІишэт и ІэдакъэщІэкІхэр иужьрей илъэс 300-м куэдрэ къыдагъэкІащ, нобэр къыздэсами яфІэгъэщІэгъуэну зэІэпах. XVIII лІэщІыгъуэм Франджым иІа псэукІэм и щэхухэр къэзыхутэхэм абы и тхыгъэхэр зыкъомкІэ щІэгъэкъуэн яхуохъу. ЗыхэпсэукІа дунейм апхуэдизкІэ гузыхэщІэ ин хуиІэу тетхыхьащ ХьэІишэти, нобэ абы блогеркІэ еджэнут, - жеІэ режиссёрым. - Къетхьэжьа Іуэхуфэм сыт хуэдизу тхыдэм и хуэмэбжьымэ къыщІимыхуами, ар зи пащхьэ итлъхьэнухэм къатехьэлъэн е къагурымыІуэн хуэдэу тщІынукъым. Езы ХьэІишэти и фІыщІэ хэлъщ апхуэдэу щІэхъум. Абы гу зылъитахэм я нэхъыбэм ноби гъащІэ мыхьэнэ яІэщ - ахъшэм и реформэр, политикэ хьэгъэщагъэр, тхакІуэхэмрэ драматургхэмрэ, уэрэджыІакІуэхэмрэ актёрхэмрэ я зэхэтыкІэр, нэгъуэщІхэми… ЖыпІэнуращи, езыр зыхэпсэукІа лъэхъэнэм тритхыхьар иджырей гъащІэм и сурэту къыщІэкІащ. Ахэр щызэхэдухуэнэфыну дыщогугъ дызэлэжь фильмым.
ХьэІишэт къигъэщІа гъащІэ мащІэм ущегупсыскІэ, Іэмалыншэу ухелъасэ хэку гупсысэм - ар дауэ къыщыхъуу пІэрэт, игу къэкІрэт, илъагъуну хуэпабгъэрэт, жыпІэу. Хэкупс зэ ефам абы и ІэфІыр щыгъупщэнкІэ Іэмал иІэкъым, щыжеІэ МэшбащІэм романым. А гупсысэр зэрыимыгъуэджэр сценариер зытхми, режиссёрми къагурыІуащ. Хэдэрыхэшыр щекІуэкІым абыхэм къыхалъхьащ ХьэІишэт щалъхуа Хэкум и акъужьыр фильмым Іэмалыншэу щызепщэн зэрыхуейр.
- ХьэІишэт зищІысыр къыбгурыІуэн щхьэкІэ ар къыщыхъуа щІыпІэм, къэзыухъуреихьа дунейм ухуеплъэкІын хуейщ, - мэхъу арэзы фильмым и продюссер, «Ракурс» кинокомпанием и унафэщІ Матросов Алексей. - Сабийм зыгуэр къыгурыІуэу зэрыхъуу а дунейращ щымыгъупщэжыну и гум итІысхьэр, псэухукІи щымыгъупщэу, къыхуигъэзэжу, игъафІэу гум щихъумэр. Фильмыр щытетхыну щІыпІэхэм дыщеплъым, Мейкъуапэ щІыналъэм хуэдэу ХьэІишэт и гурыгъу-гурыщІэхэм пэджэж зэрыдмыгъуэтынур ди фІэщ хъуащ. Дунейр дахащэщ, Щхьэгуащэпсым и шкІур макъымрэ мыІэрысэ жыгхэм къапих мэ гуакІуэмрэ щызэщІыхьэжкІэ, пшыналъэ къащІэІукІыр пщыгъупщэжынкІэ Іэмал иІэкъым. Фильмым и кІуэцІкІэ а дунейм ехьэлІауэ теплъэгъуитІ хэтынущи, мыІэрысэ жыгхэр къыщызэщІэущкъулэм ирихьэлІэу иджыри зэ къытедгъэзэжынущ. ИтІанэ, езы мыІэрысэри, адыгэ гупсысэкІэми ар и хамэкъым, хэкум, унагъуэм, жьэгум и дамыгъэщ. Къысщохъу Меикъуэр фильмым и сюжетым курыхыу хэувэну, ХьэІишэт и образым куэди хилъхьэну…
Ди лъэпкъэгъу цІыхубзыр щыпсэуа франджы щыхьэрыр, абы дэта уардэ - унэхэмрэ сэрейхэмрэ къэгъэлъэгъуэн щхьэкІэ фильмыр тезых гупыр Бытырбыху щылэжьэнущ. Языныкъуэ пычыгъуэхэр Тыркумрэ Франджымрэ щытрахынуи я гугъэщ. БлэкІа лъэхъэнэр нэхъ ІупщІ ищІу, пасэрей Парижымрэ Истамбылымрэ нэхъ нахуэу къигъэлъагъуэу компьютер графикэр Іуэхум къыхилъхьэну треухуэ режиссерым.
Адыгэ дунейм и зы ныбз гъэщІэгъуэн къызэпрагъэзэну игъуэ ихуащ «ХьэІишэт» романым и киногъуэгур зыкІуну иужь ихьахэм. ГурыІуэгъуэщ, лэжьыгъэ псынщІэкъым, пщэдэкІыж ин зыпылъщ. Илъэс хуэдизкІэ зэлэжьыну зытраухуа фильмыр формат зэмылІэужьыгъуитІым иту дунейм къытехьэн хуейуэ щытщ - кинозалхэм щыбгъэлъагъуэ хъуну фильм шэщІамрэ телевизореплъхэм щхьэкІэ теплъэгъуитІу зэхэт фильмымрэ.
- «ХьэІишэт» романыр цІыхум ягу дыхьащ, - къызэщІикъуэж хуэдэу пещэ МэшбащІэм, - мызэ-мытІэуи дунейм къытехьащ. Тхылъыр ялъэІэсащ Кавказым щыпсэу адыгэхэми, ІэщІыбым щыІэ ди лъэпкъэгъухэми. Адыгэ цІыхубзым и щапхъэ, и хъуэпсапІэ куэд зыдалъэгъуа ХьэІишэт я нэгум къызэрыщІэувам хуэдэу экранми къихьэным пэплъэр мащІэкъым. Фильмыр трахыну, ар нэсу зрагъэпэщыну дзыхь зыхуэтщІар я ІэщІагъэм фІыуэ хэзыщІыкІ цІыхухэращи, дыщогугъ ди гугъапІэхэр нахуэ хъуну.
Фильмыр тезых гупыр Адыгэ Республикэм и Іэтащхьэ КъумпІыл Мурат ІущІащ, проектыр зэрадиІыгъынумкІэ, хэгъэгум зыхуэныкъуэнумкІэ дэІэпыкъуэгъу зэрахуэхъунури къыхигъэщащ.
P.S. «ХьэІишэт» романыр зи Іэдакъэ къыщІэкІа МэшбащІэ Исхьэкъ Адыгэ, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм я цІыхубэ тхакІуэщ. СССР-м, Урысей Федерацэм, Адыгейм я Къэрал саугъэтхэм, Шолохов Михаил и цІэкІэ щыІэ, ДАХ-м я дунейпсо саугъэтхэм я лауреатщ. Горький Максим и цІэр зэрихьэу Мэзкуу дэт Литературэ институтыр 1957 гъэм фІы дыдэу къиухри, щалъхуа Хэкум къигъэзэжауэ нобэр къыздэсым гуащІафІэу лъэпкъ литературэм хуолажьэ. Тхылъ 60-м щІигъу зи Іэдакъэ къыщІэкІа тхакІуэшхуэм лъэпкъ литературэм хуищІа хэлъхьэныгъэр къыпхуэмылъытэну инщ, абы щыщ куэдыр хамэбзэкІэ зэрадзэкІауэ щыІэщ. МэшбащІэм и псалъэхэм къищІыкІауэ уэрэд цІэрыІуэ куэд нобэ ягъэзащІэ.
ХьэIишэт (Аиссе) и сурэтыр Кастромин Михаил ищIащ.
ТАБЫЩ Мурат.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2006.txt"
} |
ЩIэм и лъыхъуакIуэ Нэхущ Залинэ
Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Къулъкъужын Ищхъэрэ къуажэм дэт курыт школ №1-м адыгэбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэдж, филологие щIэныгъэхэм я кандидат Нэхущ (Къаскъул) Залинэ зи IэщIагъэм хуэIэижь, Iуэху зехьэкIэ пэрыт зиIэ лэжьакIуэщ. ЩIэблэм щIэныгъэ куу яриту, сабийхэр фIым, дахагъэм хуиущийуэ и IэнатIэр ныкъусаныгъэншэу ирехьэкI абы.
Залинэ и дерсхэр дапщэщи къызыхуэтыншэу зэхэгъэуващ, егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэм и мардэ псори къыщылъытауэ, Iэмал пэрытхэр лэжьыгъэм къыщигъэсэбэпу. ЩIэныгъэ куу зыбгъэдэлъ егъэджакIуэр сытым дежи хущIокъу и Iуэху зехьэкIэр зэрыригъэфIэкIуэным, и Iэзагъым зэрыхигъэхъуным. Ар и зэфIэкIхэмкIэ ядогуашэ къыдэлажьэхэм, езыр и ныбжькIэ щIалэми, адрей егъэджакIуэхэм яхуэщхьэпэн чэнджэщхэр яретыф.
Нэхущым и гъэсэнхэр езым хуэдэу жыджэрхэщ, щIэныгъэщIэхэм я лъыхъуакIуэщ, къэхутакIуэ ныбжьыщIэхэщ. Абы сабийхэр къызэрыдихьэхыр бгъэдэлъ щIэныгъэ куум и закъуэкъым, атIэ и хьэл-щэн зэпIэзэрытымкIи, Iурылъ адыгэбзэ къабзэмкIи еджакIуэ цIыкIухэр етхьэкъу. И гъэсэнхэр и гъусэу Залинэ щIэх-щIэхыурэ хэтщ школпсо, щIыналъэпсо, республикэ зэпеуэхэм, увыпIэфIхэри къыщехь. Залинэ пэрыт щыхъуащ «Си бзэ - си псэ, си дуней» зэпеуэми, «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ екIуэкIа «УФ-м и егъэджакIуэ нэхъыфI» къэралпсо зэхьэзэхуэми. Апхуэдэ зэфIэкI лъагэхэм къыхэкIыу егъэджакIуэм мызэ-мытIэу къыхуагъэфэщащ КъБР-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэмрэ Бахъсэн щIыналъэм егъэджэныгъэмкIэ и IэнатIэмрэ къабгъэдэкI щытхъу, фIыщIэ тхылъхэр.
Анэдэлъхубзэр езыгъэджхэм я зэфIэкIыр щагъэлъагъуэ Ещанэ урысейпсо мастер-класс 2009 гъэм Москва къалэм щекIуэкIащ. Ди республикэм къыбгъэдэкIыу лъэпкъыбзэхэр езыгъэджхэм я къэралпсо зэхьэзэхуэм хэтащ Нэхущ Залинэ.
- СызэригугъэмкIэ, гъащIэм апхуэдэ къызэрыщыхъур зэщ. А зэми Iуэхум хуэIэижьу зыкъэбгъэлъэгъуэныр, адрей щIыналъэхэм я лIыкIуэхэм уакъыкIэрымыхуным, уеблэмэ япэ уищыным уи гур теухуауэ щытыныр къалэнышхуэт си дежкIэ. Ипэ илъэсхэм апхуэдэ зэпеуэхэм щыIа си лъахэгъухэм я пщIэр зэрызмыгъэлъэхъшэным сыхущIэкъуну сигу ислъхьат, - зэпеуэм зэрыхэтар игу къегъэкIыж Залинэ. - Тыншкъым къодаIуэхэр фIыуэ плъагъу уи лъахэм, уи еджапIэм, уи лэжьыгъэм дакъикъипщIым къриубыдэу щыгъуазэ пщIыну. Си псалъэхэм щыхьэт техъуэ дэфтэрхэри, сурэтхэри, видеотеплъэгъуэхэри къэзгъэхьэзырат.
Адыгэ пщащэр къэралпсо зэпеуэм хэтам и мызакъуэу, «Методикэ жыджэрагъымрэ Iэзагъымрэ» унэтIыныгъэм пашэ щыхъуащ, апхуэдэуи УФ-м и щIыналъэ 19-м я егъэджакIуэхэр зыхэта «Си лъахэ, си школ, си IэнатIэ» презентацэми адрейхэм щатекIуащ.
Дауи, Залинэ и дэтхэнэ текIуэныгъэми ирогушхуэ республикэм и егъэджакIуэхэр, и адэ-анэр, ар къызыхэкIа Нэхущхэ, зыхыхьа Къаскъулхэ икIи республикэм ифI, и ехъулIэныгъэ къызэрыкI IуэхуфI куэдкIэ иджыри щогугъ.
КЪАРДЭН Маритэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2007.txt"
} |
СурэтыщIыр, егъэджакIуэ цIэрыIуэр ягъэлъапIэу
Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм иджыблагъэ къыщызэIуахащ «Дунейр сабийхэм я нэкIэ» зэпеуэ-гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэн. Ар къызэрагъэпэщащ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэмрэ Художественнэ егъэджэныгъэмкIэ методикэ центрымрэ.
Къалэдэсхэмрэ хьэщIэхэмрэ мы мазэм Iэмал яIэнущ балигъым зэи къыхуэмыгъэщIыну сурэтхэм, дуней еплъыкIэ телъыджэм еплъыну. Изобразительнэ гъуазджэхэмкIэ форум зэхэшэныр япэу зигу къэкIауэ щытар КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министру илъэс куэдкIэ лэжьа Фырэ Русланщ. СурэтыщI Iэзэ Ткаченкэ Андрей и цIэр зэрихьэу 2009 гъэм япэу ирагъэжьа а зэпеуэм Кавказ Ищхъэрэр къызэщIиубыдащ.
Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм Андрей иджыри щIалэщIэу, ауэ щыхъукIи, и лIыхъужьыгъэкIэ зыкъигъэлъэгъуарэ орден, медаль лъапIэхэр къыхуагъэфэщауэ, ди щIыналъэм къагъакIуэри, Курп и щыгухэм щекIуэкIа зэпэщIэувэныгъэ гуащIэхэм хэтауэ щытащ. Зауэр иуха иужькIи Налшык щыпсэуну къэнащ. Къалэм сурэт щIыным щыхуагъасэ еджапIэ зэрыдэмытыр къищIа иужькIэ, Ткаченкэ Андрей тегушхуэри, Пионерхэм я унэм щригъаджэу зэтриублат. Къуажэ жыжьэхэм, щIыналъэхэм къикIыурэ сурэтыщIым и дерсхэм зыщагъасэрт.
- Ди республикэм дежкIэ Ткаченкэ Андрей мыхьэнэшхуэ зиIа цIыхущ. Абы Къэбэрдей-Балъкъэрым и щэнхабзэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ, щIыналъэм и изобразительнэ гъуазджэм и лъабжьэр зыгъэтIылъар аращ. СурэтыщI цIэрыIуэхэу Къып Мухьэмэд, Шэшэн Юрэ, Мамбэт Пётр, Зэхъуэхъу Валерэ сымэ аращ езыгъэджар. Андрей и дежщ щыщIадзар КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщIхэу Колкутин Андрей, Мэргъущ Анатолэ сымэ. Къыхэгъэщыпхъэщ адыгэ лъэпкъыр зэрыгушхуэ, я IэзагъэкIэ дуней псом къыщацIыху сурэтыщIхэу КIыщ Мухьэдинрэ Пащты Германрэ Ткаченкэ деж къызэрыщежьар, - жиIащ Художественнэ егъэджэныгъэмкIэ методикэ IуэхущIапIэм и унафэщI Бэрбэч Беслъэн зэIущIэр къыщызэIуихым.
СурэтыщI Шэшэн Юрэ и егъэджакIуэр игу къыщигъэкIыжым жиIащ, абы псоми бгъэдыхьэкIэ зырыз къахуигъуэтрэ, сурэт щIыным гу зэрахуригъэщIыным хущIэкъуу зэрыщытар.
- Ткаченкэ Андрей теухуауэ куэд схужыIэнущ. Зауэ нэужь зэман хьэлъэм, цIыхум яшхынрэ щатIэгъэнрэ щамыгъуэтым, абы и деж щеджэну щэ бжыгъэкIэ къекIуалIэрт, апхуэдизкIэ дихьэхырти. Ар щылажьэ студиер зэи цIыхуншэ хъуртэкъым. Зы мащIэкIэ дыкъыкIэрыхуамэ, тIысыпIэ димыIэу, къуэгъэнапIэ гуэрым деж дыкъуэсу дедаIуэрт, - и гукъэкIыжхэмкIэ къызэхуэсахэм ядэгуэшащ КIыщ Мухьэдин.- И деж щеджэ дэтхэнэми къызэрымыкIуэу къытхуэгумыгъуэт. Краснодар дэт художественнэ училищэм сыщIэтIысхьэну экзаменхэр щыстым, накIуэри, щхьэгъубжэмкIэ ныдэплъу, сурэт зэрысщIым еплъу щытат. Абы сыщеджэхуи дызэхуэтхащ. Къыщызухам сурэттех къызитат.
Зэманым я нэхъ хьэлъэм Ткаченкэ и студием сурэт щIыным папщIэ узыхуеину псори щIэлът. Выставкэм кърихьэлIахэм къыхагъэщащ сурэт зытращIыкIыу щыта гипс скульптурэхэр абы Ленинград къригъэшу зэрыщытар. Абы къекIуалIэ сабийхэм я нэхъыбэм тхылъымпIи къалэми ямыIэу, IэнэщIу кIуэрт. Арати, Андрей хузэфIэкIащ Пионерхэм я унэм и ахъшэкIэ ахэр къахуригъэщэхун.
Гъэмахуэ къэс абы и гъэсэнхэр республикэм и бгъуэнщIагъ телъыджэхэм ишэрти, мазэм нэблагъэкIэ а щIыпIэм щхьэхуэу щыпсэурт. Дунейр зэпаплъыхьым и мызакъуэу, щIыуэпсым нэхъ пэгъунэгъу ахэр хъурт, ялъагъухэм сурэт тращIыкIырт. ЗэрыжаIэжымкIэ, Андрей псэуху сурэттехыр игъэтIылъакъым, апхуэдизкIэ фIыуэ илъагъурти.
«Дунейр сабийхэм я нэкIэ» Iуэху щхьэпэр Ткаченкэ Андрей и Iэужьым пызыщэщ. Бэрбэч Беслъэн къызэрыхигъэщамкIэ, ди къэралым щрагъэкIуэкI апхуэдэ дауэдапщэхэм я нэхъыфIу къалъытэхэм яхэтщ мыр. Методикэ IуэхущIапIэм и унафэщIым жиIащ зэпеуэм хэтыну хуейуэ икъукIэ лэжьыгъэ куэд къызэрырагъэхьар, ауэ апхуэдизыр зэуэ утыку къызэрырамыхьэфынум къыхэкIыу, Кавказ Ищхъэрэм щыщхэм фIэкIа хагъэхьакъым. УнэтIыныгъитхукIэ гуэшауэ щытащ зэпеуэр – сурэт щIын, графикэ, декоративно-прикладной гъуазджэ, скульптурэ, художественнэу сурэт техын. Лэжьыгъэ нэхъыфIхэр къыхэзыхыну къэпщытакIуэ гупым хэтхэр Ткаченкэ иригъэджа, иджы а Iуэхум хуэIэижь хъуа сурэтыщI цIэрыIуэ защIэщ.
2009 гъэм, зэпеуэр ирагъэкIуэкIын щыщIадзам, республикэм художествэмкIэ школищ фIэкIа имытамэ, мы зэманкIэ школ 28-м изобразительнэ гъуазджэмкIэ ирагъэджэну хуитыныгъэ яIэу мэлажьэ.
Мы гъэм лэжьыгъэ нэхъыфIу къалъытахэр иту буклет къыдагъэкIащ. Гъэ къэси хуэдэу, гъэлъэгъуэныгъэр къыщызэIуахым Ткаченкэ Андрей и къуэ Александр къеблэгъащ.
- Си адэм сызыхуигъэсэну хущIэкъуа псоми сыпэлъэщакъым. Ауэ хуабжьу сыхуэарэзыщ гъуазджэм гу зэрыхузигъэщIам, абы хуищIа хэлъхьэныгъэм папщIэ. ЗэрысхузэфIэкIкIэ иригъэжьа Iуэху дахэм пысщэнущ», - жиIащ абы.
Инэрокъуэ Данэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2008.txt"
} |
Астероидым и махуэ
Мэкъуауэгъуэм и 30-р Астероидым и дунейпсо махуэщ (Asteroid Day). АбыкIэ унафэ къыщащтащ ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм и зи чэзу зэхыхьэу 2016 гъэм дыгъэгъазэм и 6-м ирагъэкIуэкIам.
Астероидым и махуэр хуэгъэзащ хьэршым къилъэтыкIа пкъыгъуэ абрагъуэхэр дыщыпсэу ЩIым къыщыжьэхэуэкIэ, а Iуэхугъуэм мыхъумыщIагъэу къишэнкIэ хъунур зыхуэдизым жылагъуэр, цIыхубэр нэхъри щыгъуазэ щIыным.
Телъыджэр аращи, дызытепсэлъыхьым щIэдзапIэ хуэхъуауэ къалъытэр "Queen" уэрэджыIакIуэ гупым а лъэхъэнэм гитарист цIэрыIуэу хэта, апхуэдэ дыдэуи щIэныгъэм хуэнэхъуеиншэу къекIуэкIа, астрофизик Мэй Брайанрэ режиссёр Рихтерс Григрэ 2014 гъэм зэрызэгурыIуауэ щытарщ, ЩIы Хъурейм къэралу тетым къыщызэдащтэн хуэдэу, Астероидым и махуэ хэгъэунэхукIын зэрыхуейм ехьэлIауэ.
АстероидкIэ йоджэ Дыгъэм къедза и Iэгъуэблагъэм хэмыIэпхъукIыу къыщызылъэтыхь пкъыгъуэхэу «планетэ» зыхужытIэхэм нэхърэ куэдкIэ нэхъ цIыкIухэм. Абыхэм я нэхъыбэм хэша теплъэ яIэщи, зэпэхъурейхэр куэдкIэ щынэхъмащIэщ, атмосфери зэщIаIыгъэркъым.
МетеориткIэ йоджэ астероидым и пыдзахуэу е и зы Iыхьэу, ди планетэм и хьэуам къыщыхыхьэкIэ щызэхимысхьэжу, щIы щхьэфэм къылъэIэсыну зыхузэфIэкIам.
Метеор зыхужыпIэ хъунур ЩIы Хъурейм и хьэуам къанэ щымыIэу щызэхисхьэжа уафэщI цIыкIурщ.
ЩIэныгъэлIхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, Дыгъэм и къэухьым къызэщIиубыдэу хьэршым итщ зи зэблэупIэр километрым нэхърэ нэхъ ин астероиду мелуани 2-м нэблагъэ. Абы щыгъуэми дыкъэзыгъэгузавэу къыхэгъэщыпхъэр аращи, къэзыущыхь уафэщIхэм ящыщу зи зэпрыупIэр километри 3-м нэхърэ нэхъ инхэр дэркIэ шынагъуэ ин къэзышэщ, ахэр ди планетэм ямылейуэ гъунэгъу къыщыхуэхъухэм я деж.
БлэкIам дриплъэжмэ
Тхыдэ мыжыжьэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, хьэршым къикIыу ЩIым къылъэIэса «Тунгус метеорит» зыфIаща мывэшхуэр ди къэралым Сыбыр лъэныкъуэмкIэ щыIэ и щIыналъэм, нэхъ пыухыкIауэ къыжытIэмэ, псыхъуэхэу Ленэрэ Тунгускэрэ я зэхуаку дэт тIуащIэшхуэм щехуэхауэ щытар 1908 гъэм мэкъуауэгъуэм и 30-рщ. Аращ Астероидым и дунейпсо махуэр а пIалъэм щIыхуагъэзари.
Апхуэдэуи, ди планетэм къытехуа метеорит нэхъ инхэм ящыщу къалъытэ Африкэм щыIэ Намибие къэралым и щIыналъэм къыщагъуэтыжа мывэ телъыджэри. Абы и зэпрыупIэр метри 3-м ноблагъэ, тонн 60-м щIигъу и хьэлъагъщ. Ар а щIыпIэм щехуэхар, зэрыхуагъэфащэмкIэ, илъэс мин 80 ипэкIэщ. И зэхэлъыкIэм и процент 84-р гъущIщ. Iэшэлъашэм щыпсэу фермерым абы гу щылъитауэ зыхужаIэр 1920 гъэращ.
Дыщыпсэу ЩIыгум илъэс мин 13 ипэкIэ къылъэIэсауэ щыта метеорит нэхъ шынагъуэхэм ящыщщ Антарктидэм 1984 гъэм гу зыщылъата, Марс уафэщI жыжьэм нэгъуэщI хьэршырыкIуэ пкъыгъуэ абрагъуэм къыгуиудыкIыу, ди деж къэса, АLH84001зи нагъыщэ мывэ абрагъуэри. ЩIэныгъэлIхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, абы и ныбжьыр илъэс меларди 4,5-м ноблагъэ.
Дауи, дызытепсэлъыхь Iуэхум ехьэлIауэ зи цIэ нэхъ къиIуапхъэхэм ящыщщ 2013 гъэм Урал бгы екIуэкIым адэкIэ къыщыс Челябинск къалэм щхьэщылъэтыкIыу километр 70-кIэ абы пыIудза Чебаркуль жылэм зы километркIэ пыIуха хыжьей цIыкIум щехуэхауэ щыта метеоритри. Мывэ пыдзахуэхэм, псори зэхэту, килограмм 650-рэ я хьэлъагът.
КЪУМАХУЭ Аслъэн.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2009.txt"
} |
Ди щIыналъэм щекIуэкIынущ
«IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэр» (WorldskillsRussia) дунейпсо зэпеуэм и щIыналъэпсо Iыхьэр иджы ещанэрейуэ ди республикэм щекIуэкIынущ. Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым хыхьэ субъектхэм я лIыкIуэхэр зыхэтыну зэпеуэр мазаем и 27-м яублэнурэ гъатхэпэм и 3 пщIондэ екIуэкIынущ. Абы теухуа зэхуэс иджыблагъэ щекIуэкIащ КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм.
Министр Къумыкъу Iэуес абы зэрыщыжиIамкIэ, КъБР-м и Правительствэм ищIа унафэм ипкъ иткIэ, IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэм я чемпионатыр къызэгъэпэщынымрэ ар къызыхуэтыншэу егъэкIуэкIынымрэ зи пщэрылъ комитет щхьэхуэ къызэрагъэпэщащ. ЗэраубзыхуамкIэ, зэпеуэр утыкуитхум щекIуэкIынущ. Ди республикэм щыщу абы хэтынущ курыт, щIэныгъэ нэхъыщхьэрэ IэщIагъэрэ щрагъэгъуэту щыIэ еджапIэхэм я студент нэхъыфIхэр. Нэгъабэрей апхуэдэ зэхьэзэхуэм жыджэру хэтауэ щытащ еджапIэ 25-м я лIыкIуэ 80. Ахэр унэтIыныгъэ 15-кIэ зэпеуащ. Ди гуапэ зэрыхъущи, кIэух зэпеуэм нэсауэ щытащ ди республикэм щыщу цIыхуи 7.
WorldskillsRussia къэралпсо зэгухьэныгъэм щIыналъэ зыужьыныгъэмкIэ и IэнатIэм и унафэщIым и къуэдзэ Иванюк Людмилэ зэхуэсым къыщыщыпсалъэм къыхигъэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрыр «IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэр» зэпеуэм илъэс зыбжанэ лъандэрэ жыджэру зэрыхэтыр. ЩIыналъэпсо Iыхьэр Налшык щегъэкIуэкIыным епха унафэр къыщащтэми, а Iуэхугъуэр къызэралъытар жиIащ.
- Къэбгъэлъагъуэмэ, нэгъабэ республикэр хыхьащ ныбжьыщIэхэм я зэпеуэм, мы гъэм щIыналъэр хэтынущ чемпионатым и унэтIыныгъэщIэу «Нэхъыжьхэр зыхуэшэрыуэхэр» фIэщыгъэр зиIэм, - жиIащ Иванюк. – Я ныбжьым емылъытауэ цIыху куэд зэпеуэм къызэрыхыхьэр ди гуапэщ.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, WorldskillsRussia зэгухьэныгъэр и Iыхьэщ хьэрычэт щIэным хэмыт «WorldSkills International» дунейпсо ассоциацэм. Абы и къалэн нэхъыщхьэщ лэжьакIуэ IэщIагъэхэм хуегъэджэныр егъэфIэкIуэныр, абыхэм я пщIэр жылагъуэм къыщыIэтыныр. Урысей Федерацэр а зэгухьэныгъэм хыхьащ 2012 гъэм. Мыгъэрей урысейпсо Iыхьэм и кIэух зэпеуэр Къэзан щекIуэкIынущ. Абы щIидзэн и пэкIэ зэпеуэм и ныпыр къэралым и щIыналъэхэм къыщрашэкIынущ. Ныпыр щыхьэщIэнухэм яхэтщ Къэбэрдей-Балъкъэрри.
ЖЫЛАСЭ Маритэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "201.txt"
} |
ЩэпхъаджащIэхэм йопсалъэ
Урысей Федерацэм терроризм гупсысэм зэщIиIыгъэхэм щыпэщIэтынымкIэ 2019 - 2023 гъэхэм щрагъэкIуэкIыну Iуэхухэм хиубыдэу щытащ Хабзэм ебэкъуахэр щаIыгъ Урысей управленэм (УФСИН) Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щиIэ и къудамэм и колоние №5-м щекIуэкIа зэIущIэр.
Ингуш Республикэм терроризмэм пэщIэтынымкIэ и аппаратымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министерствэмрэ, КъБР-м и министрым и аппаратымрэ Урысейм и УФСИН-м и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэмрэ я лIыкIуэхэр IущIащ икIи епсэлъылIащ терроризм, экстремизм щIэпхъаджагъэ зылэжьауэ колоние №5-м жэуап щызыхьхэм.
Щхьэхуэурэ зыхуэза дэтхэнэ зы цIыхуми зэхэщIыкIыгъуэу жраIащ, гурагъэIуащ апхуэдэ Iуэху ухэтыным кърикIуэнкIэ хъунухэр, тутнакъэщым къикIыжу гъащIэм хыхьэжа иужь абы хэзэгъэжынымкIэ лэжьыпхъэхэр, нэгъуэщIхэри.
Iуэхур нэхъыбэу зыхуэгъэзар терроризмэм ехьэлIа гупсысэхэр колонием щаIыгъхэм я деж нэхъ кIащхъэ щыщIынырщ, хуит къэхъуж цIыхухэр апхуэдэ къаугъэ иужькIэ хэмыхьэжынырщ.
Урысей УФСИН-м КъБР-м щиIэ и къудамэм и пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2010.txt"
} |
Гуащэнэ - урыс пащтыхь гуащэ
Мейкъуапэ щыIэ «Полиграф-Юг» ООО-м тхылъ гъэщIэгъуэн къыщыдэкIащ журналист цIэрыIуэ, тхакIуэ СэIэбцокъуэ Нуриет и лэжьыгъэу. «Мария: черкешенка, царица русская» тхылъыр тхыдэ повестщ. Ар икIи гъэщIэгъуэнкъым - художественнэ тхыгъэ куэд щыIэщ мы зи гугъу тщIы лъэхъэнэмрэ абы зи цIэр къыхэнахэмрэ ятеухуауэ.
НэгъуэщI лIэщIыгъуэм псэуа и лъэпкъэгъу бзылъхугъэм дэфтэрхэм «я бзэ гъущэмкIэ» тетхыхьыфыну къыщIэкIынутэкъыми, Нуриет езым и лъагъуныгъэрэ гущIэгъукIэ игъэнщIащ къиIуэтэжыр. «Лъагъуныгъэр» гурыIуэгъуэщ къыздикIар: Къэбэрдейр зыгъэбыдэну яужь ит и адэм и гурыгъу-гурыщIэр къыгурыIуэу, «хьэуэ» къыхэзымыгъэкIа пщащэм дауэ уримыпэгэнрэ, фIыуэ умылъагъунрэ? «ГущIэгъу» псалъэр къыщIыхэзгъэщар: пщащэм къалэнышхуэ и пщэм къыдэхуауэ хамэхэм къахэхутамэ, абы и щIыIужкIи бзылъхугъэм дежкIэ нэхъ шынагъуэ дыдэу къэхъункIэ хъунур - и быныр зэрылIэжар - игъэвын хуей хъуамэ, дауэ уигу зэрыщIэмыгъунур?
Аращи, Нуриет, урыс пащтыхь гуащэм и ужьым иту «къикIухьым» хуэдэу, Идар Темрыкъуэ и Хэкум къокIуэ, Куржым и пасэрей щыхьэр Мцхетэ макIуэ, и адэ шыпхъум, куржы пщым и щхьэгъусэм и гъэфIэну илъэсиплIкIэ абы щыIа Гуащэнэ и лъэ зытеува къигъэнакъым, пщащэм куржыбзэмрэ латиныбзэмрэ щызригъэщIа Сомтаврэ бзылъхугъэ къулъшырыфым щыщIэкIыжу.
ТхакIуэм Идар Темрыкъуэрэ ар щыпсэуа зэманымрэ «я шыфэлIыфэм» къыщыщIедзэри, адыгэхэр Урысей къэралыгъуэм и тхыдэм къыщIыхэна Iуэхугъуэхэр къызэщIэкъуэжынымкIэ еух. Абы щыгъуэми, Гуащэнэ и нэIэ тригъэкIыркъым. И гугъу ещI пщащэр илъэсиплIкIэ Куржым щыIауэ и адэм деж къыщашэжым иращIэкIа джэгум…
… Гуащэнэ зэрыпIейтейр и нэгум къищу щытщ, къэфэну псори зыхэтыну удж хъурейр яухмэ, хьэщIэ лъапIэхэм ящыщ гуэрым къыдэфэн зэрыхуейр ищIэу. Ар хабзэщ. ХьэтиякIуэм Гуащэнэ утыкум ирегъэблагъэ, щIалэ хьэщIэм къыдигъэфэну. Гуащэнэ и напIэр къыщиIэтам, къыхэкIиикI пэ-тащ - убыхыпщ Дэгумыкъуэ Къаплъэнт и пащхьэм итыр. ИлъэситI и пэкIэ пщащэм ар Мцхетэ щилъэгъуат шууей зэпеуэм хэту. ЩIыпIэ куэдым къикIа шууей ахъырзэману 12 зэпеуати, 10-р уанэгум къридзыфат афэ джанэ дахэ зыщыгъ, дыгъэм пэцIу бжы зыIыгъ а щIалэм. А зэхьэзэхуэр пщащэм игу къинат. Иджы, мис, а щIалэм къыдэфэнут. Гуащэнэ хузэфIэкI къигъэнатэкъым, хабзэм тету, зэрыпIейтейм гу къылъамытэу къэфэным зыхуигъэхьэзырын папщIэ.
ХьэтиякIуэм джэгум хэтхэм захуигъэзащ: «Маржэ хъунхэ, дэ ди хьэщIэщ убыхыпщ Дэгумыкъуэ Къаплъэн. Гу зэрыпкIуэцIылъым, зэфIэкI узэриIэм, цIыхугъэрэ гъэсэныгъэрэ зэрыпхэлъым, дунейм ехыжа уи адэм хуэфэщэн щIалэ узэрыхъуам и хъыбарыр ди дежи къэсащ. ЛIыгъэ пхэлъым хуэфэщэну, къэфэнымкIи уIэзэу пIэрэ? Темрыкъуэ ипхъу Гуащэнэ делъэIунщ ди хьэщIэм «Ислъэмей» къыдэфэну. Феуэт пшынэм!».
Нуриет и нэгу къыщIегъэхьэ а тIум я къэфэкIэр. Утыкум къикIыжа иужькIэ, макъамэр зэхимыхыж, къафэхэр имылъагъу хуэдэу, пщащэр зэрыщытар, щIалэ екIур, нэмысыфIэу къэфар, и гупсысэм къыфIыхыхьэу.
СэIэбцокъуэ Нуриет адэкIэ гу лъыдегъатэ: зауэлI хъыжьэу, лIыгъэ пхэлъу ущытыныр адыгэ щIалэм дежкIэ мащIэт, пщащэм игу урихьын щхьэкIэ нэмыс пхэлъын, адыгэ хабзэм утетын хуейт, жеIэри. А хабзэхэм ящыщ зыт щIыуэпсым щысхьырабгъу хууиIэныр. ЛIыр е щIалэщIэр гъуэгу техьэмэ, ар гъуэгуанэ жыжьэ е гъунэгъу ирехъу, къудамэ зыбжанэ къыздищтэнурэ, здэкIуэм хисэнут. Зы гъатхи къанэртэкъым къуажэм ини цIыкIуи дэкIыу бгылъэ щIыпIэхэм жыг щыхамысэу. ЖыгыщIэхэр гъуэгубгъухэмрэ губгъуэхэмрэ щыхасэрт. Адыгэ гъуэгурыкIуэр мэзым щIэтми, губгъуэм итми, гъуэгум тетми, гъэмахуэмрэ бжьыхьэмрэ пэрыхьэту пхъэщхьэмыщхьэр игъуэтырти, мэжэлIэнутэкъым.
Зи щхьэм пщIэ хуэзыщIыж зы адыгэ пщащи жыгипщI фIэкIа хэзымыса щIалэм пхудэкIуэнутэкъым. Арат Шэрджэсыр хадэ зэщIэгъэгъахэм я щIыналъэу къыщIалъытэр.
Дэгумыкъуэ Къаплъэн дежкIэ дгъэзэжынти. Ар ихьэхуат Гуащэнэ и дахагъымрэ щабэу икIи губзыгъэу зэрыпсалъэмрэ. Убыхыпщым иджыт япэ дыдэу щызыхищIар лъагъуныгъэр, ауэ абы и зыIыгъыкIэмкIэ игъащIэкIэ къыпхуэщIэнтэкъым и гур къилъэтыным хуэдэу зэрыщытыр.
Къаплъэнрэ Гуащэнэрэ ауи ягу къэкIыртэкъым я япэ зэIущIэр иужьрей хъуну. Пщым хъыбар кърагъэщIат и шыпхъу Амирэ тыркухэм ядыгъуауи, Гуащэнэ и хьэщIэщым щIыхьэу абы епсэлъэнуи хунэмысу, гъуэгу техьэжащ.
Куэд мыщIэу Къэбэрдейм хъыбар гуауэ къэсащ - Дэгумыкъуэ Къаплъэн хэкIуэдащ, гъэрыпIэм ихуа и шыпхъур къатрихыжыну щыкIуам.
Мыр СэIэбцокъуэм къигупсысами, зи ишэгъуэ хъуа пщащэр джэгум хыхьэу зэрыщытар гурыIуэгъуэщи, хэт жиIэфыну зыгуэр абы фIыуэ имылъэгъуауэ? Къыхэпхым, гъусэ пщIым уи гъащIэр зэрыхъунур къанэ щымыIэу зэрелъытари хьэкъкъэ?! Абы теухуауэ гуитIщхьитI дищIын щхьэкIэ къыщIэкIынщ Нуриет мы зи псэугъуэхэр - Къаплъэнрэ Гуащэнэрэ - щIызэхуигъэзар. Ауэ тхыдэм къэгъази теIэзэщIыхьыжи иIэкъым, цIыху гъащIэм хуэдабзэу. Ахэр а зэманым и цIыхущ, я щхьэ Iуэхухэмрэ къэрал Iуэхухэмрэ къалэн зыхуэхъуахэм я дуней къагъэщIэн хуейуэ.
Абы щыхьэт тохъуэ пщы гуащэ Идар Айшэт и къуэрылъхум жриIар.
«Идархэ я нэхъыжьхэм я хасэр куэдрэ зэхэса, зэдэуа, зэчэнджэчэща нэужь, арэзы техъуащ Урысеймрэ Къэбэрдеймрэ тетыгъуэхэр щызыIыгъхэр благъэ зэхуэхъуным къэралитIым я фейдэи зэрыхэлъым. Ахэр пщы гуащэ Айшэт къелъэIуащ Гуащэнэ епсэлъэну, Урысейм и пащтыхьым щIратыр гуригъэIуэну.
Гупсысэ хьэлъэхэм зэщIаубыда гуащэр нэху къекIащ и напIэ зэтримылъхьауэ, нэхъ жьыфэ къытеуауэ. Ауэ, и къуэрылъхур къыщыщIыхьам, ар зэуэ къэгуфIэжри, и нэгури нэхъ щIалафэ къэхъужат.
- Гуащэнэ, си хъыджэбз цIыкIу, уи адэм и унафэр бжесIэн хуейщи, къедаIуэ. Уэ къыпщIоупщIэ урыс пащтыхь Иван, уи дэлъху нэхъыжь СулътIан анэмэту зыхуэдгъэкIуар. А пащтыхьым хузэфIэкIащ пщы- гъуэ цIыкIу-цIыкIуу гуэша Урысейр зы къэралыгъуэу зэкъуигъэувэн. Ар зыхузэфIэкIам къаруи акъыли иIэщ, Iущщ. Урыс пащтыхьым и щхьэгъусэ ухъуну арэзы техъуэ, уи адэми адыгэ лъэпкъми я зэфIэкIым хэбгъэхъуэну, я пщIэр къэпIэтыну ухуеймэ.
Гуащэнэ и фэр пыкIащ, чэсейм хуэдэу. Епэрыфэ и нэшхуитIыр фIыцIабзэ хъуауэ къыпщыхъурт. Абы ерагъкIэ къиIущэщащ: «Си адэм жиIэмкIэ уэри уарэзыуэ ара? Нанэ-гуащэ, сыт мы къызэфщIэр? Сэ сыхуейкъым сыдэкIуэну. Фэри Iыхьлыхэри апхуэдиз илъэскIэ фызмылъэгъуауэ сыкъэкIуэжа къудейщ. Сыхуейщ си унэм сисыжыну».
Къэгубжьаифэ зытригъэуауэ гуащэр и къуэрылъ-хум еплъащ, езыми и гур зэрыузыр зыкIи къригъэщIэну хуэмейуэ. «Уэ пщым урипхъущ, Гуащэнэ. Лъэпкъым и сэбэп зыхэлъращ нэхъапэр, си псэ. Аращи, сыпщогугъ уи адэр бгъэгуфIэну. Тэмэму егупсыс. Уи адэр зэрумыгъэщIэхъунур си фIэщ мэхъу».
Махуищ дэкIри, урыс пащтыхьым лъыхъу къигъэкIуахэм жраIащ Идархэ я пхъур иратыну зэрыхьэзырыр, ауэ зы Iуэхугъуэ гуэрхэр зэраухылIэн зэрыхуейр. Я хъыджэбзыр иджыри зы илъэскIэ дагъэсыжынущ. А пIалъэм къриубыдэу урысыбзэ зригъэщIэну, пащтыхь унэм щызекIуэ хабзэм, урыс лъэпкъым и дунейр зыхуэдэм зыщигъэгъуэзэну Iэмал иIэнущ. Гуащэнэ щашэкIэ, шууей 1500-рэ дэщIыгъунущ, адыгэ, астрэхъэн, нэгъуей, къэзакъ зауэлI защIэу. Ахэр Гуащэнэ и дэлъху нэхъыжь Мамсрыкъуэ, Бэлгъэрыкъуэ, Думэныкъуэ сымэ я малъхъэ астрэхъэн пащтыхь Бекбулатрэ абы и къуэ Саин-Булатрэ, я унафэм щIэтынущ».
СэIэбцокъуэ Нуриет и тхылъыр псом япэу зыхуэгъэзар щIалэгъуалэр арагъэнущ: ар зэхэлъхьа хъуащ кIэщIу, гурыIуэгъуэу, еджэгъуафIэу, сурэтхэмкIэ гъэщIэрэщIауэ. Тхыдэр къэзыгъэщIыр езы цIыхухэр щыаракIэ, абы цIыхугъэр ебэкIын хуейщ - аращ Нуриет и тхылъым гупсысэ нэхъыщхьэу хэслъэгъуар, ди тхыдэм фIыуэ дыщыгъуэзэн зэрыхуейм и гугъу умыщIмэ.
Марие мыхъуру къигъэсэбэпу щыта Iэлъыныр.
СэIэбцокъуэ Нуриет
Гуащэнэ и мылъхукъуэхэу Иванрэ Фёдоррэ и гъусэу.
Сыту IэфIт адэжь лъапсэр...
Идар Гуащэнэрэ Иван ЕплIанэмрэ я япэ зэIущIэ.
ШИРДИЙ Маринэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2011.txt"
} |
Псыущхъуэ
Хы ФIыцIэ Iуфэм узыщрихьэлIэ фIэщыгъэр Iыхьищу зэхэлъщ: «Псы - у (ы) - шъ (у) хъо».
Шапсыгъ диалектыр къэзыгъэсэбэпхэм я нэхъыбэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, «псыущхъуэ» псалъэм къикIыр «узыпхрыплъу къабзэ», «уафэм хуэдэу къащхъуэ» мыхьэнэхэр аращ.
Бзэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор КIуэкIуэ Джэмалдин зэритхымкIэ, псалъэм и иужьрей пычыгъуэр «щхъуантIэ» егупсысыкIэм хуокIуэ. Псалъэпкъ бжыгъэу зэхэува жыIэгъуэм и кум ит «уы» префиксым и «фIыгъэкIэ», фIэщыгъэр «ущхъуэнтIын», «кIуэ пэтми нэхъ щхъуантIэ хъун» мыхьэнэхэм хуэпхь хъунущ.
Адыгэ Республикэм щыпсэу щIэныгъэлI Мерэтыкъуэ Къасым щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, кIахэ (адыгей) диалектым хэта «псыушъхъо» псалъэм «тхъурымбэ зыщI псы» мыхьэнэри къокI.
Шапсыгъ щIыналъэм ущрохьэлIэ «Псыущхъуэ» фIэщыгъэм ещхьу нэгъуэщI щIыпIэцIэхэми. Абыхэм ящыщ зыбжанэ:
- Псыущхъуэ Ин». Ар Ашэ псым сэмэгу лъэныкъуэмкIэ къыщыхолъадэ. И къежьапIэр Нэужьыкъуэпсщ. Километр 17 и кIыхьагъщ.
- Псыущхъуэ щхьэдэхыпIэ. Апхуэдэу зэджэ сэнтхым и джабэщIхэм къыщIэж псы къуэпсхэр Псыущхъуэ Инрэ Псыущхъуэ ЦIыкIурэ холъадэ. ИужьреитIым я къежьапIэр зы Iуащхьэ щхьэкIэ, зыдэлъэдэжхэр тIуащIэ зырызщ - япэр ТIуапсы, етIуанэр Ашэ «зыщызыгъафIэхэрщ».
- Джабащхьэм и лъэныкъуэ зэпыIухахэмкIэ щыIэ шапсыгъ къуажэхэми а цIэ дыдэхэр зэрахьэ: «Псыущхъуэ ЦIыкIурэ», «Псыущхъуэ Инрэ» (адыгейхэм «ШIоикъу», «Кодэшъахьып» жаIэ).
XIX лIэщIыгъуэм и кIэуххэм пащтыхь правительствэм игъэувыIащ урыс администрацэм и «жыIэ» къемыувалIэу бгым къафIинауэ щыта адыгэ тIэкIум я зэхэзехуэныр. Арати, Псыущхъуэ бгыжьым деж щыса пасэрей жылэжьхэм я гъунэгъуу, абыхэм, шапсыгъ-хьэкIувхэм, 1895 гъэм зи гугъу тщIы къуажэ цIыкIухэр къыщагъэунэхужащ.
ТIуапсы районым и бгылъэ щIыпIэхэм щыIэ адрей къуажэхэми хуэдэу, мы жылэ цIыкIуитIым дэсхэм пхъэщхьэмыщхьэ хадэхэр зэрахьэ. Нэхъыбэу ягъэкIыр мыIэрысэ, кхъужь, дэ цIыкIу къызыпыкIэхэрщ. Мы щIыпIэм щыпсэухэр бжьэ гъэхъунми щохъулIэ.
Шапсыгъ къуажэ цIыкIуитIым я Iэгъуэблагъэр турист кIуапIэщ. Абыхэм я бжыгъэм хэхъуэ зэпытщ, псом хуэмыдэжу гъэмахуэ зэманым. ЩIыпIэм къакIуэхэр гъунэгъу Iуащхьэхэм, псыкъелъэ дахэхэм я Iэшэлъашэм яшэ, шытх екIуэкIым и щыгум зыщрагъэплъыхь, мэзылъэ тIуащIэхэм я нэгу зыщрагъэужь.
КЪУМАХУЭ Аслъэн.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2012.txt"
} |
БаIуэ нэхърэ - бащIэ
Адыгэбзэм иджырей грамматикэ (бзэхабзэ) къупхъэхэр зэригъуэтрэ тхыдэ лъэхъэнэкIэ уеплъмэ, дыгъуасэ хуэдэщ, ауэ гъащIэм ебгъапщэмэ, зы цIыху гъащIэщ къикIуар - илъэсищэ ирикъуакъым. Ныкъусаныгъи, зэмыпэщ Iуэхугъуи, щыщIэныгъи иджыри къыздэсым хэлъщ - ар Iуэхум и зы лъэныкъуэращ. Зы цIыху-цIыхуитIкIэ зэи лъэпкъ псом я бзэхабзэ дагъуэншэу зэфIэгъэува хъунукъым. Абы лъандэрэ зэфIэхыжыпхъэIами, ипIэ игъэзэгъэжауэ щытамэ, иджыпстурей IэнатIэм деувэлIэнутэкъым.
Пэжщ, лэжьыгъэ щхьэхуэ гуэрхэри утыку къыщрахьаи щыIэщ, арщхьэкIэ а еплъыкIэхэм къызэщIаубыдэр залэт, языныкъуэхэри псалъэухам щыхэбухуанэкIэ, хэмызагъэу къыхэпкIыжырт. Термин зыкъомри урысыбзэм къызэрыщагъэсэбэпым хуэдэу, къызэрыгуэкIыу зэрадзэкIа къудейт («калькэ»). Апхуэдэу Iуэхум убгъэдыхьэмэ, езы «термин» псалъэм и купщIэм изагъэртэкъым.
«Термин» псалъэм латиныбзэу «данагъэ, гъунапкъэ» купщIэр бгъэдэлъщ, бзэщIэныгъэм къызэрищтамкIэ - «псалъэ е псалъэ зэпхауэ щIэныгъэ, техникэ е нэгъуэщI гуэрым и щыIэныгъэм фIэщыцIэ хуащIа». Бзэм хэт псалъэ сыт хуэдэми купщIэ зыбжанэ иIэ хъунумэ, терминыр зы къупхъэ-жыпхъэм итщ. Терминыр зэрыхъукIа щIэныгъэм зы купщIэ нэхъыбэ щиIэмэ, абы узытепсэлъыхьыр зэрыхьзэрий ищIынущ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэр адыгэбзэр курыт еджапIэхэм зэрыщадж тхылъхэр федеральнэ къэрал щапхъэм итIасэу зэхэлъхьэным мы гъэм пэрыуващ. Апхуэдэу щыщыткIэ, иужькIэ мылъку лей темыкIуадэу, иджыпсту терминхэр адыгэбзэкIэ зэгъэзэхуэныр игъуэ дыдэщ. А псалъэмакъыр къыщыхъейм, егъэджакIуэхэм ящыщ куэдым гуапэ ящыхъуакъым. Абы и щхьэусыгъуэр тIу мэхъу: япэр, дызэсам дытевгъэт; етIуанэр, терминыщIэхэм «тхьэкIумэр къеуIэ».
Япэ Iуэхугъуэм теухуауэ мыр къыхэгъэщыпхъэщ: адыгэбзэ зэзыгъэщIэну адыгэбзэ урокым къэкIуа еджакIуэм япэ классым къыщыщIэдзауэ 11-нэр къиухыху, мыадыгэбзэ термину 100-м нэс идогъащIэ. Сыщыуакъым, АДЫГЭБЗЭ урокым мыадыгэ псалъэ щыдогъащIэри дызэхэсщ! Абы хыдолъхьэж унагъуэм, садым, уэрамым мыадыгэ псалъэу щызэхахыурэ къапхъуатэр. Апхуэдэхэри, нэхъ мащIэу, 100 хуэдиз мэхъу. Ахэр зэхэту - 200. Сыт хуэдэ бзэми щыщу псалъэ 300 хуэдиз пщIэмэ, щIэныгъэ статья, поэмэ сыт хуэдэхэр пхуэмытхми, а бзэр зезыхьэм фIы дыдэу удэуэршэрыфынущ. Абы щыгъуэ, дэ езым, а бжыгъэм щыщу едгъащIэр псалъи 100 къудейщ! НтIэ, сыт хуэдэ адыгэбзэ ядгъащIэр? Игъуэ нэсауэ пIэрэ адыгэбзэ тхылъ хъуэжыным щIыгъуу апхуэдиз терминри ди бзэм къедгъэгъэщIыжыну? Дапщэщ щытхъуэжынур? Убыхыбзэм и махуэ къытхуэкIуэмэ? Дымыхъуэжынумэ, сыт щхьэусыгъуэр? «Тхьэм ещIэ, ящIIамэ, ешх», жыхуаIэм хуэдэу дызэхэсыну?
Пэжщ, илъэс-илъэситIкIэ егъэджакIуэр гугъу ехьынщ, абыхэм есэху, ауэ псори и пIэ иувэжынщ. Терминхэр зымыцIыхуххэ сабийр фIэигъуэджэу зыми еплъынукъым. Абы жепIэр, ебгъащIэр, ебгъэлъагъур къищтэнущ. Апхуэдэу щыщыткIэ, «сабийм къыгурыIуэнукъым», жытIэу, щхьэхынагъэмкIэ зедгъэб хъунукъым.
ЕтIуанэрауэ, адыгэбзэм псалъэщIэ къигъэщIыр щIэнэкIалъэ хъун ипэ, урысыбзэм абы щиIыгъ купщIэм еплъыпхъэщ. Псалъэм папщIэ, «падеж» - «падать» жиIэу аращ, алыджхэм я бзэм къыхихщ абыи, зэрыщыт дыдэм хуэдэу зэридзэкIри бзэм хигъэхьащ; «причастие» - чристэн диным къыщагъэсэбэп «причастить» жыхуиIэм къытекIыжащ. Щапхъэр куэдщ, ауэ едгъэлейуэ цIыхум я щхьэ ткудэнкъым.
Сигу ирохь-иримыхькIэ дыбгъэдыхьэ хъунукъым Iуэхум. Хамэ гупсысэкIэм дыкъиувыкIрэ ди лъэпкъ гупсысэм дыкъыхэпсэлъыкIыу ныбжьырейуэ къэнэжын псалъэхэм гъащIэ етыпхъэщ. Иужь илъэсищэм адыгэбзэм зедгъэужьыным ипIэкIэ, дэтпIытIэурэ дупIэщIыпащ. НэгъуэщIыбзэм къыхэтха псалъэр фоупсу зетхьэурэ, адыгэ псалъэ къэщIыкIэр тщыгъупщэжащи, хамэ псалъэхэр дгъэуджурэ я лъабжьэр щIэдгъэлэжьыкIащ: белджылы, гъэбелджылын, белджылыншэ, мыбелджылы, зэрыбелджылыр, н. Апхуэдэу щыхъукIи, мы псалъэм хедгъэгъэкIуэта адыгэ псалъэ дахэхэр щыIэщ: IупщI, нахуэ. Мыбдежым иджыри ятIэ бдзантхьэм дыхэувэжынри хэтщ - урысыбзэ терминхэр тырку, хьэрып, къэжэр псалъэхэмкIэ тхъуэжкIэ, адыгэбзэм нэхъ Iуэхутхьэбзэшхуэ хуэтщIэркъым.
Европей къэралышхуэхэм термин къыщагъэщIкIэ, нэхъыбэу къагъэсэбэпыр латин, алыдж, нэмыцэ, франджы, инджылыз псалъэ Iыхьэхэр аращ. Адыгэбзэм и зэфIэкIыр, и псалъэ къэгъэщIыкIэр апхуэдизкIэ лъэщщи, зи гугъу тщIа бзэхэр гъуани къыдигъэплъынтэкъым. Къащтэ-къауэу шынэуз гуэрым диIыгъщи, зы илъэсым тIу къыпытщэурэ, пщэдейрей Iуэху тщIыурэ докIуэкI. А пщэдейри зи къэсыркъым, бзэ ужьыхынри къытпэплъэнукъым. Ауэ… ауэ а лъэпкъ гупсысэм уитын щхьэкIэ, Iэхъулъэхъу узыщIа гуэрым укъиувыкIыфыпхъэщ.
Курыт еджапIэм къыщагъэсэбэпу зы щапхъэ девгъэплъыт. Псалъэм папщIэ, адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэм мыпхуэдэу еджакIуэхэм захуегъазэ: «Унэ» псалъэр именительнэ падежым, белджылы склоненэм тету зэфхъуэкI». Мы псалъэухар псалъи 8 мэхъури, абыхэм ящыщу 4-р нэгъуэщIыбзэм щыщщ. Япэрауэ, «склоненэ»-м урыс грамматикэм щигъэзащIэ лэжьыгъэмрэ адыгэ грамматикэм щигъэзащIэмрэ зэхуэдэкъым. Урыс грамматикэм склоненэу 3 иIэщ, абы нэмыщIыжкIэ, зэхуэмыдэ склоненэм иту псалъэ гупи иIэжщ. АтIэ щапхъэу къэтхьа псалъэухар мыпхуэдэу тхъуэжмэ, сыт и дагъуэ: «Унэ» псалъэр фIэщей кIэдэжым IупщIу ивгъэувэ». Иджы мы псалъэухам псалъэщIэ хэтхэр зэпкърытхынщ. «ФIэщей» - «именительнэ»: «фIэщын» псалъэм къытекIри «еигъэ» къэзыгъэлъагъуэ суффиксыр пыувэжащ - «фIащам ей» жыхуиIэщ. Зи бзэхабзэ зызыужьа бзэхэм «именительнэ» псалъэр «номинатив» жиIэуи хэтщ. «КIэдэж» - падеж кIэухыр - ар псэлъэкIэм къыпыува Iыхьэщ: и кIэмкIэ къыдэж, къыкъуэжа, «кIэ»-мрэ «дэж»-мрэ зэхыхьэри, ар фIэщыгъэ хъуащ. «IупщIу игъэувэн» - «белджылы склоненэм игъэувэн хуейщ» жиIэмэ, падежиплIым ящыщу зэрыбгъэувэн хуейм и Iыхьэр пыгъэувапхъэщ. Мыбдеж «именительнэ падежым» и «-р»-р пыгъэувэн хуейуэ арат. Абы ипIэкIэ - IупщIу хъуэж. Мыбелджылы склоненэу щытмэ, мыIупщIу хъуэжын.
ГурыIуэгъуэщ, бзэ мылъхуэж-мыпIэжым щыужа тхьэкIумэм щIэщыгъуэ занщIэу къызэримыщтэнур, ауэ псалъэ щыIэхэм префикс, суффикс пыдгъэувэкIэрэ е хамэ псалъэхэр дгъэщIэращIэкIэрэ бзэр лэжьэнукъым. Бзэр мылажьэмэ, гъущIыкIэр улъийуэ зэрыщащэм хуэдэу, ари зэхэщэщэжынущ. Апхуэдэу мыхъун щхьэкIэ, адыгэ псалъэ къэгъэщIыкIэр гъэлэжьауэ, нэхъ мыхъуми, адыгэбзэ урокхэм еджакIуэхэм МЫАДЫГЭ псалъэ егъэщIэныр щыгъэтыпхъэщ. Класс нэхъыжьхэм нэса нэужь (10 - 11-нэ), нэхъыбэу адыгэ псалъэ къэгъэщIыкIэм хуэдгъасэмэ, бзэм зиутхыпщIыжынурэ къэлэжьэжыфынущ. Дэтхэнэ зы псалъэщIэри лъэпкъ гупсысэм, хабзэм укъыхэгупсысыкI-укъыхэпсэлъыкIыурэ бубзыху зэрыхъунур зыхэзыщIэм иригъэфIакIуэрэ зригъэужьу ныбжьырей Iэужь-лъэужьу адэкIи хуэгъэкIуэтэнщ.
КЪАРДЭН Мусэдин, филологие щIэныгъэм я кандидат.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2013.txt"
} |
Шыгъэлыгъуэ Мерал и усэхэр
Мерал. 2010 гъэ
Ди газетеджэхэм фIыуэ яцIыхун хуейщ нэхъ пасэу тхыгъэ зыбжанэ зыхуэдгъэфэща, «ЛIэщIыгъуэ телъыджэ» тырку киносериалыр зи IэдакъэщIэкI, а къэралым щыпсэуа адыгэ актрисэ, сценарист Шыгъэлыгъуэ Мерал.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, Шыгъэлыгъуэ Iэта ипхъу Мерал 1959 гъэм фокIадэм и 20-м Анкара къыщалъхуащ. Тыркум къыщыхъуа адыгэ ныбжьыщIэ куэдым хуэдэу, Мерал Кавказ лъэпкъ зэгухьэныгъэхэм я Федерацэм щекIуэкI адыгэ щэнхабзэ Iуэхухэм щIапIыкIащ. ЗыцIыхуахэм яIуэтэж ар адыгэ къафэкIэ пэрыт пщащэхэм ящыщу щытауэ. Журналист IэщIагъэм хуеджа, «Фи пщэдджыжь фIыуэ» газетым щылэжьа бзылъхугъэр хуэмурэ фильм IуэхущIапIэхэм япыщIа хъуащ, нэхъыбэми къызэрацIыхур киносценарист Iэзэу зэрыщытамкIэщ. Дуней псом цIэрыIуэ щыхъуа «ЛIэщIыгъуэ телъыджэм» и серие щитIыр Мерал и IэдакъэщIэкIщ, езыр хэмыту нагъэсыжахэр «Мерал и фэеплъкIэ» трахащ.
1984 гъэм Мерал щхьэгъусэ хуэхъуат театрымрэ киномрэ я артист Окай Яман. И щхьэгъусэм и унэцIэр зэрихьэу езы Мерал 2012 гъэм мэлыжьыхьым и 9-м дунейм ехыжащ.
КъызэрыщIэкIымкIэ, бзылъхугъэ сэнаушыфIэм киносценарийхэм нэмыщI иджыри усэхэр итхыу щытащ. Ар илъэс зыбжанэкIэ дэлэжьащ тырку уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Сезен Аксу, абы игъэзащIэ уэрэдхэм псалъэ щIилъхьэу. Шыгъэлыгъуэ Мерал и усыгъэхэу Хъуажь Фахъри тыркубзэм кърихыу Къармэ Iэсият адыгэбзэм къригъэзэгъахэр къызэрыфщыхъуар къытхуэфтхамэ ди гуапэ хъунт.
Дэнэ ущыIэ си Вагъуэгъуазэу
Гъуэгуанэ кIыхьым щызиIэпэгъу?
Си гум и тепщэрэ си нэм и плъапIэу
Гъуэгуанэ гугъум щызинэпкъэгъу…
Борэн зэблэухэм укъамыуIэрэ,
УIэгъэ стелъри умылъагъуххэрэ,
ПхуэсщIа хъуэпсапIэхэм гу лъумытэххэурэ
Дауэрэ уэгум уилъэтыхьат?!
…Зы щхьэусыгъуи къыпхуэзмыгъанэу,
Сызэхэщхъыщхъэурэ сылъэлъэжынщи;
КIуэ, Вагъуэгъуазэ, фIыр уи гъуэгуанэу -
Телъыджэ дахэхэр пхуэзубгъужынщи…
Щхьэтепхъуэ пIащIэм зыщIумыгъапщкIуэу,
Къэузэдыт Iэнэр, Деспинэ гуащэ!
Жыг гуэрэн Iувым пIэ щытхуэухуэ,
Нэхъ уэрэд дахэхэр гум едэхащIэу.
Иджыри дыщIалэ, Деспинэ дахэ?
Иджыри дыгъагъэ, Деспинэ гуащэ?
Шыкур - шыкур!
Жэщ даущыншэхэр гухэлъ псыкъелъэу,
ЩIасэм дыкъеджэмэ, кхъухьлъатэу къос -
Бомонти къалэ къикIыху дыпэплъэу,
ДыкъэгумащIэурэ гухэлъым дес…
Иджыри дыгъагъэ, Деспинэ гуащэ?
Иджыри дыщIалэ, Деспинэ дахэ?
Шыкур - шыкур!
Фадэбжьэ пIащIэ къыщыщIэдгъалъэм,
Фэндэшх нэхъ IэфIыр хыдогъэзагъэ.
Музэйян щIалэм и макъ псыкъелъэм
Макъамэ щабэу дигухэр егъахъэ.
Иджыри дыщIалэщ, Деспинэ гуащэ!
Иджыри догъагъэ, Деспинэ гуакIуэ!
Шыкур!
ГукъэкIыжыр гум ешэкIи,
АркъудеймкIэ си гур гъэфI!
Узыр жейм къыщыхэпыджэм,
Мазэ изыр сфIохъу пщыкIутI.
ГукъэкIыжу ныкъуэдыкъуэм
И цIэр гущIэм щызгъэпщкIуат.
ЩIыпIэ жыжьэу щIыпIэ хамэм
Ар бынунэ щыхъужат.
ТхьэрыкъуитIу зэIущащэр
КъытщыщIамкIэ зэупщIыжт;
ФIыгъуэу щыIэр Iэпыщэщу,
Лъагъуныгъэр дукIыжт!
Лъагъуныгъэ яукI хабзэт?
Ар мафIэст. Уэлбанэ уейт.
ЩIыпIэ жыжьэм щыбынунэт -
И цIэр гущIэмкIэ щызгъейт.
Мы къалэм и утхэм саутIыпщкъым,
Хы Iуфэхэм ягу къысщIогъу.
Уэрыншэмэ, зыми сыщыщкъым,
УвыIэпIэхэм уипцI къыщызогъу.
ЩIым сытрадзэу пцIыхэр къызоуэ!
Сыхыхьэмэ жей Iув кIэухыншэм -
Закъуэныгъэр си шхыIэн щIагът.
Згъэщащэрти ди блын гъуджэшхуэр…
ЩымыIэххэр мы къалэм - си гуэгъут.
Закъуэныгъэр си шхыIэн щIагът.
Епэр гъагъэр, псы хуэлIэу, мэхуалэ;
Лъэужьыншэу дунейр сыбгынэнщ.
СыкIуэдыжмэ, вгъэсыж си жьауэр -
КъызжепIахэр епэру хуэлэнщ.
Уэрамдыхьэхэм уипцI къыщызнэнщ.
МафIэгу гъуагъуэхэр ныпкIэлъогъуае,
Блынджабэ бзагуэхэр нэф хьэфизщ.
КъэувыIэпIэхэр ныпкIэлъогие -
Гурыгъузыр мафIэгум изщ.
Гъатхэ пшапэм сыкъыщыхэбнэм,
Гугъэу тщIахэр къэпщэхужакъым.
МыIэмылIэу щIым сыкъыщибнэм,
Удын жагъуэр сщхьэщыпхыфакъым.
* * *
НэгъуэщIым и пIэщхьагъ согъэфI…
Хьэрэм усщIакъым - Тхьэм къыздещIэ.
А зи бгырыпх птIэтар нэхъыфI?
Пкъутащ щысхьыншэу гуIэфIтещIэр.
* * *
ПхузиIэжкъым ней - насыпыфIэ ухъу!
Къызитынщ КъэзыгъэщIым щхьэ шхыгъуэ.
Си хьисэпыр кIэщIщ: псори пхузогъэгъу.
Псори… Пхузогъэгъу... Сыт си дагъуэ?
* * *
Сыкъыдожэ уи гум. Сыкъыдожэ.
Имыгъуэххэу, пасэу сыпыпчат.
Псалъэу къызэптар къыумыщэхужу,
Гъатхэ пшыхьым си псэр къыхэбнат!
Укъызэзытам ущысIихыжым -
АдэкIэ узилIкъым. Ущхьэхуитщ!
НэгъуэщI фыз, нэхъыфIу щыбгъуэтыжым,
СщIэркъым уи лъэ макъ, уи бауэкIэщI.
… Зэзэмызэ уакъыхохьэ пщIыхьхэм,
ЩхьэзыфIэфIу IупщIэ къысхубощI.
ЩIасэхэр уогъафIэ гъатхэ пшыхьхэм,
ГуфIэгъуэ мыкIыхьхэр ядогъэфI.
Укъызэзытам ущысIихыжым,
Абрэмывэ бзагуэр къыстощатэ.
Розэм и хьэтыр къыщысхуэбгъанэм,
ЩIасэ бгъафIэу, псэ уIар мэятэ.
Лъыпс-пщIэнтIэпс зэпкъуэкIыу,
Жэщым укъэушмэ -
Закъуэныгъэм зыкъыуишэкIауэ…
ЗэшэкI абы щыгъуэ
ПкIуэцIылъ сабиипсэр
Анэм ещхьу уегужьеекIауэ.
ГуэныхьыщIэщ Iэхэр,
Бзэхэр гуэныхьыбэщ -
Дунейм теткъым хейуэ зы псэ гуэр.
ЛIэщIыгъуэ абрагъуэ зи кIыхьагъ мафIэсу,
Гуэныхь шэрхъщ мы дызэрыт дунейр!
Лъыпс пщIэнтIэпс зэпкъуэкIыу жэщым укъэушмэ;
Псэр зыхуэмеижыр къыплъихьамэ,
ЗешэкI абы щыгъуэ
УимыIэж анэпсэм -
Сабийм хуэдэу уегужьеекIауэ.
Гуэныхьыбэщ бзэхэр,
Iэхэр гуэныхьыщIэщ -
Дунейм теткъым хейуэ зы псэ гуэр…
ЛIэщIыгъуэ шынагъуэ зи кууагъ псэ уэру,
Гуэныхь шэрхъщ кIэрахъуэу щIы хъурейр.
Мералрэ Окай Яманрэ. 1985 гъэ
Адыгэ спектаклым щыджэгуахэр. Мерал сэмэгумкIэ щысщ. Анкара, 1976 гъэ
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2014.txt"
} |
Мэрем пшыхь
ХьэтIохъущыкъуей напэ
Выгу
Куэдрэ си гум къокIыж, ди адэм япэ дыдэу сыцIыкIуу выгум сыщригъэтIысхьауэ щытар.
- Еуэ, нэгъакIуэ адыгэлI хуэдэу, - жиIэщ, чы кIыхьыр къысIэщIилъхьэри, езыр выгукIэмкIэ Iэпхъуащ.
Согузавэ кхъухьлъатэ рулыр къысIэщIалъхьам хуэдэу. ТIэкIу сышына щхьэкIэ, иужькIэ си гур къызэрыгъуэтыжри, выхэм я фэр исхыу щIэздзащ. ЩIэзгъапхъуэу, сызыхуэзэ щIалэ цIыкIухэр зэзгъэхъуэпсэну. Ауэ дэнэт…
- Гублащхьэм зыдумыгъахуэу Iэ сэмэгумкIэ дэрэбинэр убыд, выхэр шыхэм, шыдхэм хуэдэу щIэпхъуэнукъым, абы щхьэкIэ гугъу зумыгъэхь, - къызжиIэрт си адэм, си гурылъыр къищIауэ.
Выгур дыдейтэкъым, колхозым ди адэр щылажьэрти, губгъуэм сыздигъэIэпыкъуну сыздишауэ арат (апхуэдэу къысщыхъурт). Пщыхьэщхьэм сеша-селIауэ сыкъэкIуэжами (абы щыгъуи выгур сэрат къэзыхужар, лIыгъэшхуэ сщIауи къысщыхъурт), си гур зэрыхэхъуам псори сщигъэгъупщэжат. Армырами, зызгъэлIу выхэр тIэкIу зэрыщIэзгъэпхъуар си ныбжьэгъухэм зэрахуэсIуэтэжар сыт и уасэт!
ЛIэщIыгъуэ хуэдэкIэ узэIэбэкIыжмэ колхозхэр, совхозхэр, унагъуэхэр ирипсэууэ, ирилажьэу къагъэсэбэпу щытащ выгур. Выхэр шыхэм нэхърэ куэдкIэ нэхъ къарут, бэшэчт. Шыхэм ирахьэлIэ Iэпслъэпс (хамут, джэрыщIэ, бгъэрыщIэ, вожжэ, нахъутэ, шытепхъуэ) къомым хуэди хуейтэкъым.
Выхэм ирахьэлIэр псори пхъэ закъуэм къыхэщIыкIат, зэрыхъури тIут - бжьырэ дамэкъуэрэ. Къэбгъэшын хуеймэ, чы кIыхьымкIэ уздэкIуэну лъэныкъуэмкIэ вым и джабэм уеуэрт, къэбгъэувыIэнумэ, вым и щхьэм утеIэбэрт. Чыр кIэщIу къыппэщIэхуамэ, зыщIэщIа пхъэ шыгукъум урикIуэрти и щхьэм уеуэрт. Языныкъуэхэр гублащхьэм щабэ гуэр далъхьэрти (нэхъ тыншт выхэр узыхуеймкIэ бгъэкIуэну) къыдэмыкIыу абдеж дэсу я лэжьыгъэр зэфIагъэкIырт.
Колхозхэмрэ совхозхэмрэ Къущхьэхъу щыщыIэ зэманым шэ къашыр выгукIэ заводым яшэрт, пхъэ гъэсын пIащэхэр зэкIуэцIыпхауэ къуэ зэвым къыдалъэфырт, IуэхукIэ къехыжынуми арат къуажэм къызэрыкIуэжыр…
Выхэр гум щIащIэн щхьэкIэ цIыкIуу гъэсэн щIадзэрт. Абы и пэ къихуэу гуухэр нэхъ пIащэу, узыншэу къыхахырти абыхэм егуауэрт (ясэкIырт). ИужькIэ гуухэм выкIэ еджэрт. Шыхэри арат, хакIуэр алащэ хъурт. Дрипсырийуэ, IэубыдыпIэншэу бзаджэу щытахэр абы иужькIэ Iэсэ, жыIэщIэ хъурт. Выхэр шыхэм нэхърэ куэдкIэ нэхъ бэшэчт икIи гум пхуигъахуэ закъуэмэ, сыт хуэдизи яшэфынут. Шыгухэри абыхэм куэдкIэ къакIэрыхуртэкъым, ауэ ар зиIэ унагъуэхэр мащIэт.
Машинэхэр къежьэри ди зэманым выгухэри, шыгухэри, шыдыгухэри мащIэ дыдэ хъуащ.
Къардэн Мухьэмэд.
Ислъэмей къуажэ
ГушыIэхэр
МыбыкIэ сыкъамыгъэкIуэжыну пIэрэ?
Хъуэжэ илъэситхукIэ Сыбырым щыIэн хуейуэ суд къытращIыхьат. «ПцIы яхуиупсри цIыхухэр къызэригъэIэтащ», - жаIэри арат тезыр къыщIытралъхьар.
Судыр и кIэм щынэсым, судыщIэм Хъуэжэ иужь псалъэ жиIэжыну хуит ищIащ. Хъуэжэ жиIащ:
- А сыздэвгъакIуэми цIыхухэм пцIы яхуэзупсрэ къызэрызгъэIэтмэ, мыбыкIэ сыкъамыгъэкIуэжыну пIэрэ?
ПщIыхьэпIэ
Хъуэжэ Iэзэм деж кIуэри жриIащ:
- ЩIэрыкIуэ згъажьэу сепщIыхьащ, сытым хуэпхь хъуну?
- Ар бжесIэн щхьэкIэ, джэд фIыцIэ сыхуей хъунущи, уи пщIантIэм дэт джэдым щыщ зы укIи къысхуэхь, араншауэ схузэхэгъэкIынукъым уи пщIыхьэпIэр, - къыжриIащ Iэзэм.
Хъуэжэ и щхьэм щIэтIэхъуащ:
- Си пщIантIэм джэд дэтатэмэ, щIэрыкIуэ згъажьэрэт, - жиIэри.
ЖыIэгъуэхэр
УкIытэр зэщ зэрыпфIэкIуэдыр
♦Ахъшэ куэд зэхуэпхьэс нэхърэ, псапэ нэхъыбэ зэхуэпхьэсмэ нэхъыфIщ.
♦Бзэгузехьэм и бзэгум пцIы куэд зрехьэфри, мэгуфIэ.
♦ЗызыфIэIеижрэ зызыфIэделэжрэ иджыри къэс щыIакъым.
♦Гъэхэр блэкIыурэ уэ укъанэ уи гугъэ щхьэкIэ, уэри уздашэ.
♦Насыпым уелъэпауэмэ, и щIыб къыпхуегъазэ.
♦ЦIыху Iейм и лъэужьыр гъэкIуэдыжыгъуейщ.
♦Уи псалъэр кIэщIрэ купщIэ иIэу упсэлъэфмэ, акъыл тэмэм уиIэщ.
♦«Уи анэм жиIэм уемыдэIуэну Iей дыдэщ, сэ абы сыхущIегъуэжащи, сыIэбэкIэ сылъэIэсыжыркъым», - жиIэрт быным.
♦Лъагъуныгъэр фом нэхърэ нэхъ IэфIу жаIэ куэдым.
♦ЦIыхум яхэмызагъэр щхьэ бжыгъэм хыумыбжэми хъунущ.
♦Ямылейуэ дахащэхэм бзаджащэ къащыхэкIи къохъу.
♦УкIытэр зэщ зэрыпфIэкIуэдыр.
♦ЦIыху дыдж куэд тетщ дунейм, абы и IэфIагъыр пщагъэгъупщэфу.
♦Зи гъэтIылъыгъэм хэмыIэбэну хуейхэр щIыхуэ къэщтэрейщ.
♦ФIыщIэ жыгыр хэсэгъуей щхьэкIэ, къыпыкIэр пшхыну IэфIщ.
♦Сабийр дахэу фхуапэми, IэфIу вгъашхэми, хъарзынэщ, ауэ гъэсэныгъэм нэхъ фегугъу.
♦УимыIуэхуу уагъэлэжь псори хьэлъэщ.
КIурашын Алий.
Хъыбар кIэщIхэр
Уэсмэн и фызышэ
Уэсмэн хъыджэбзаплъэ кIуэрти, и ныбжьэгъу ХьэтIиф здишащ.
Уэсмэн фэрэкIнапэт, ХьэтIиф нэхъ щIалэ бжьыфIэт. Уэсмэн бэлэбанэт, ХьэтIиф нэхъ зэгъэпэщат.
ЩIалитIыр здэкIуа унагъуэм ирагъэблагъэри, хъыджэбзыр кърагъэлъэгъуащ. Нэфми гу лъитэнт Уэсмэн плъакIуэ зыхуэкIуа хъыджэбзым ХьэтIиф зэрехъуэпсэжам. Ауэ ХьэтIиф къыщригъэжьэнур къыхуэгъуэтыртэкъым. Апхуэдэу щысурэ, хэгъэрейхэм ящыщ щIалэжь гуэрым Уэсмэн зыкъыхуигъэзащ:
- Мы ди пэшыр апхуэдэу щIыIэкъым, ныбжьэгъу, уи пыIэжьынэр щхьэрых! – жиIэри.
ХьэтIиф зыхуей дыдэр аратэкъэ?! КъыпыгуфIыкIри:
- Уэлэхьи, пыIэжьынэ умылъэгъуа уэ! Я гъуэлъыпIэ къуапэм фIэлъу къигъэна пыIэ къуацэжьыр плъэгъуатэмэ, сыкъэпщIэнт! Мы щхьэрыгъыр хьэхуу сэ естауэ аращ! – жиIащ ХьэтIиф, хъыджэбзым зыхуигъэфэрыщIурэ.
Уэсмэн гузавэри, ХьэтIиф и лъапэм теуващ. Абы щхьэкIэ къимыгъанэу, ХьэтIиф адэкIэ пищащ:
- ТхьэмыщкIэжь мыгъуэм и бгъэныщхьэ унэжь тIэкIури, къэуэн къудейуэ, лъэныкъуабэ хуъащ! Жэмыжь закъуэ иIэти, ари псэхэлIэ хъури, хьэм иригъэшхыжащ…
Уэсмэн зыгуэр жиIэну и жьэр иущIат, ауэ хъыджэбзым япэ зыкъригъэщри, ХьэтIиф зыхуигъэзащ:
- СощIэ, щIалэфI, уи пшынэм къибгъэкI къафэр зыхуэдэр, - жиIащ хъыджэбзым. – Зи ныбжьэгъу ар езыщIэжам, цIыхухъурэ цIыхубзу дунейм тетыр зэпэбж хъурэ сэ лейуэ сыкъэнами, сыдэкIуэнкъым. Ауэ уэ хэутэн пщIыну уи гугъа мо пыIэжьынэм иджыпсту: «НакIуэ!» - жиIэмэ, сыхьэзырщ.
Хэт ар зымыщIэр?
Хьэщауэрэ Къанщауэрэ зэхуэзауэ я ныбжьэгъу Алий и гугъу ящIырт.
- Дыгъуэпшыхь Алий сыбгъэдэсати, хуабжьу къыпщытхъуащ, Хьэщауэ! – жиIащ Къанщауэ.
- Е-ей, ари ар! И анэ зригъэфа быдзышэр и хьэлэлщ абы! Тхьэ щысIуэжыни, а Алий нэхъ лIыфI Къэбэрдей псом имыс! Хэт ар зымыщIэр?! - жиIэри Хьэщауэ къыпыгуфIыкIащ.
- Уэлэхьи, укъызогъапцIэ ахъумэ, хьэм уригъэхьам, Хьэщауэ! – дыщIигъужащ Къанщауэ.
- И-и-и! Дауэ жыпIа? Тхьэ щысIуэжыни, езы хьэбыршыбырым нэхъ лIы цIапIэ Къэбэрдей псом имыс! Хэт ар зымыщIэр?! - губжьащ Хьэщауэ…
Дудар Хьэутий.
ГъукIэ Маринэ
Мазэм сокъугъ…
Iуэтэж
Унэ лъахъшэ цIыкIум и щыгум щыджэгу жьыбгъэр Аслъэн иныжь шынагъуэ гуэру къыщохъу. Ар ябгэщ, къарууфIэщ, щысхь лъэпкъ иIэкъым. Абы зыщихъумэн папщIэ и нэ цIыкIухэр зэтрепIэ, и тхьэкIумэхэр IэкIэ еубыд. Ауэ гъуэлъыпIэм хэлъ анэр къеджэ хъумэ, зэхимыхынкIэ мэгузэвэжри, аргуэру и Iэхэр ирехьэхыж.
- Сыту умыбэяурэ?! - жеIэри, Аслъэн цIыкIу щхьэгъубжэмкIэ дэплъурэ жьыбгъэм IэштIым хуегъэлъагъуэ. - Дыгъэри къыкъуэкIыжащ, увыIэ иджы!
Ауэ, жьыбгъэри ерыщщи, «уэрэ сэрэ текIуэм деплъынщ» жыхуиIэу, унащхьэр тритхъыну къоныкъуэкъу. Аслъэн щхьэгъубжэм псынщIэу къыIуокIыжри, и анэр зыхэлъ гъуэлъыпIэм бгъэдохьэ.
- Мамэ, мамэ, - хуэмуурэ йоджэ. Анэм и нэхэр къызэтрех, ауэ къарууншэ хъуа цIыхубзым ар къытохьэлъэри, занщIэуи зэтрепIэж. – Мамэ, умэжалIэрэ? Люсэхэ сыкIуэнщи зыгуэр къыпхуеIысхынщ…
Ауэ, дунейм ерыскъы гуэр тетууи зымыщIэж анэр, пщIыхьэпIэ шынагъуэ гуэрхэм хэтщи, мы дунейм къыщекIуэкI псом гу лъитэжыркъым. ИтIанэми, Аслъэн ар махуитI хъуауэ зэрымышхар, унэм зы дзэкъэгъуэ зэрыщIэмылъыр ещIэжри, шхыныгъуэ гуэр къигъуэтын мурадкIэ щIэкIыну иужь йохьэ. Пэжщ, ар жьыбгъэм тIэкIу щышынэрт, ауэ апхуэдэ къызэрыгуэкI Iуэху щхьэкIэ Аслъэн къикIуэтынт?! Абы быдэу и фIэщ хъурт: иджыпсту и анэм и ныбжьэгъу Люсэхэ деж кIуэрэ шхын тIэкIу къыхуихьмэ, ар и ныбэ изу игъашхэмэ, куэдкIэ нэхъыфI хъужынущ. И анэр нэхъыфI хъужмэ, езы Аслъэни и гукъыдэжым зыкъиIэтыжынщ. Япэм хуэдэу, а тIур зэгъусэу паркым кIуэнухэщ, пщэдджыжь къэс школым ишэнущ, пщыхьэщхьэм езыр и лэжьапIэ къикIыжыгъуэм пежьэнущ. Псори зэрыщытам хуэдэу хъужынущ, Iэмал имыIэу, тIэкIу ежьэн хуейуэ аращ.
Люсэхэ деж нэса щхьэкIэ, куэбжэр гъэбыдауэ къыщIэкIащ. Пщыхьэщхьэ хъуху ежьа пэтми, къэкIуэжакъым. Ар Iейуэ игу къеуауэ, икIи махуитI хъуауэ и анэм деж щIэупщIакIуэ нэмыкIуа Люсэ хузэгуэпурэ Аслъэн унэм кIуэжырт. «Ар мамэу щытамэ, зы махуэ къэмынэу къэкIуэнут. Зэрысымаджэри зэрымышхари ещIэ, итIанэми…», - шхыдэрт ар игукIэ.
Аслъэн унэм хуэзышэж гъуэгум утехьэжын папщIэ парк цIыкIу уикIырт. А паркым и анэмрэ езымрэ сыт хуэдизрэ къакIуэрэт?! Уеблэмэ езы тIур сыт щыгъуи зытес тIысыпIи итт абы. Аддэ жыгхэм нэхъ хэгъэпщкIухьауэ щытт ар. Сыту куэд щIауэ темысыжарэ а тIур абдежым? Аслъэн и анэм и закъуэу куэдрэ къигъэнэныр фIэмыфIми, а тетIысхьэпIэм фIэкIыфакъым. Анэмрэ абырэ дыхьэшхыу мыбдежым куэдрэ зэрытесар, зэжраIа псалъэхэр игу къигъэкIыжырт абы. «Зэ ухъужарэт, мамэ», хужиIэжырт абы и щхьэ. И нэпсхэр къежэхыну хьэзырми, цIыхухъухэр гъыркъым, жиIэурэ ирикъухыжырт. Зы дакъикъэкIэ абы и нэр тенащ пэмыжыжьэу щыт тетIысхьэпIэм тес цIыхубзым. Абы и жыпым ахъшэ кърихауэ ибжырт. Аслъэн занщIэу и нэгу къыщIигъэхьащ, а ахъшэм щыщ тIэкIу иIамэ, и анэм къыхуищэхуфыну псор. Ар игъэшхэнт, хущхъуэ зыхуеинухэр къыхуигъуэтынт. Ауэ дауэ ар къызэриIыхынур? Сыт жиIэу? ЦIыхубзым ахъшэр бжын иухри бохъшэм дилъхьэжащ. Абы щыщ тIэкIу иIамэ…
Аслъэн къотэджри хуэмуурэ цIыхубзым бгъэдохьэ. Зыгуэр къигупсысынщи елъэIунщ, армырмэ апхуэдэу шхыныншэу дауэ щIэсынхэ?! ЩIалэ цIыкIур хуэмурэ хуокIуатэ цIыхубзым. Мыдрейми, и щхьэм хьэрэмагъ лъэпкъ къэмыкIыу, и бохъшэр тетIысхьэпIэм трилъхьауэ и сумкэм зыгуэр къыщелъыхъуэ. Аслъэн цIыхубз мыцIыхум бгъэдыхьэри и пащхьэм иуващ.
- Сыт, щIалэ цIыкIу?! Зыгуэр ухуейт?
- Сэ, - кърегъажьэ Аслъэн, ауэ адэкIэ жиIэнур къыхуэмыгупсысу, мапхъуэри бохъшэр къещтэ икIи жэрыгъэкIэ щIопхъуэж.
- КъэувыIэ, напэншэ, къэувыIэ, - кIийуэрэ цIыхубзыр къыкIэлъожэ. Аслъэн здэжэм бохъшэм къыдех сом щитхуи – зредзэкIыж. Паркым ижыжыным и пэкIэ зэ къызэплъэкIыжри, къилъэгъуащ цIыхубзыр зэрыджэлар. Ар къэтэджыжыху ихьыну зэманри езым зэриIэр къызыгурыIуэжа Аслъэн, и гур нэхъ къызэрыгъуэтыжауэ щIопхъуэж.
ЦIыхубзым пэжыжьэ зэрыхуэхъуар къилъэгъуа нэужьщ щIалэ цIыкIур къыщызэтеувыIар. «А сэ сщIар, сэ сщIар», - а гупсысэрат и щхьэм щызеуэр. «Мамэ къищIамэ, сиукIынт». «Абы нэхъ хьэл мыгъуэ щыIэкъым, умымей умышх», - сыт хуэдизрэ къыжриIэрэт абы?!» Ауэ, нэгъуэщI хэкIыпIэ иIэтэкъым, анэр шхакъым… АбыкIэ и гур игъэфIурэ, тыкуэным хуиунэтIащ Аслъэн цIыкIу. ДакъыкъипщI дэкIри, Аслъэн шэ птулъкIэ, щIакхъуэ, анэм фIыуэ илъагъу кIэнфет гуэрхэр иIыгъыу унэм щIыхьэжащ. «Дэнэ къыздипхар?!» - жиIэурэ къызэрыфIэнэнур ищIэ пэтми, абы зыгуэр зэришхыну къудейм игъэгуфIэрти, гупсысэ мышухэр зытрихурт.
Унэм щыщIыхьэжам, анэр иджыри и нэхэр зэтепIауэ щылът.
- Мамэ, - хуэмуурэ йоджэ ар абы. - Мамэ, еплъыт къыпхуэсхьам. ТIэкIу ушхамэ арат…
Анэм зыри зэхимыхым хуэдэт.
- Мамэ, мамэ, къэуш, мамэ, - мэкIий щIалэ цIыкIур. Ауэ игъащIэкIи къызыхэмыкIыжыну жейм анэр зэрыхыхьар къыщыгурыIуэм, унащхьэр зэтричу кIий макъ къэIуащ:
- Мамэ…
Аслъэн цIыкIу хуэмурэ гъуэлъыпIэм къыбгъэдэкIыжри, пэмыжыжьэу щыт шэнтжьейм итIысхьащ. Абы и нэхэм къытелъэда нэпсхэр къежэхыну хьэзыр щхьэкIэ, зиIыгът. Аслъэн и нэр тенат стIолым тет шэ птулъкIэм, щIакхъуэм, анэм зэи мышхыжыну кIэнфетхэм. А псом къабгъэдэлът нобэрей ахъшэ «фIейхэм» къадэхуар. Псори къызэпиплъыхьа нэужь, нэгъуэщI хэкIыпIэ зымыгъуэтыжа сабийр щхьэгъубжэм бгъэдыхьэри, и макъ къызэрикIкIэ кIиящ. Зи закъуэу къэна дыгъужь шырыр мазэм екъугъыу арат…
НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2015.txt"
} |
Розэ Нэху и псэр
Розэ Нэху и фэеплъ сыным деж адыгэ, абазэ хасэхэм я лIыкIуэхэр.
Истамбыл хиубыдэ Бейогълу куейм «голланд сэрей»-кIэ еджэу зы уардэунэ дэтщ. 1700 гъэхэм и пэщIэдзэм абы къыщыхъуа зы лъагъуныгъэ хъыбарщ фхуэсIуэтэжынур. ГурыщIэр яку къыдэхъуауэ щытащ адыгэ пщащэмрэ Голландием и лIыкIуэмрэ (посолымрэ).
Сэрейм пхъэнкIакIуэ-лъэсакIуэу щылажьэрт адыгэ пщащэ тхьэIухуд. Зэрыадыгэр ящIэ мыхъумэ, зы-щыщри и цIэ дыдэри зыми ищIэртэкъым, ауэ и гуапагъымрэ дахагъымрэ ещхьыжу Розэ НэхукIэ къеджэрт. Ар апхуэдизкIэ Iэдэбт, губзыгъэт, жанти, игъэзащIэр пхъэнкIэн-лъэсэн къалэн пэтми, зы Iуэхушхуэ гуэрым къыхуигъэщIауэ къыпщыхъурт. Къалэным пэрымыту плъэгъуамэ, пащтыхь гуащэу фIэкIа пщIэнтэкъым.
Пщащэм гу къылъитащ Голландием и лIыкIуэ щIалэ фызкъэмышэ зэкIужым икIи а тIум я кум лъагъуныгъэ къабзэ къыдэхъуащ. ЗэгуэкIуахэр я хьэлрэ теплъэкIэ зэхуэ-фащэми, пщащэр «пхъэнкIакIуэ - лъэсакIуэт», щауэр зи цIэ ираIуэ зэпыт Корнелис Калкоент (Cornelis Calcoen).
ЗэпсэгъуитIым я насып къихьакъым зэрышэну, я гугъэ IэфIхэр зэпащIэну. Корнелис Калкоен Тыркум зэрыщыIэну пIалъэр иухри ираджэжащ. И щауэм зэрыхуэмызэжынур зи псэм хьэлъэу тегъуэлъхьа Розэ Нэху а гупсысэм сымаджэ ирихъури, тхьэмахуэ нэхъ дэмыкIыу лъагъуныгъэ узым илIыкIащ.
И псэм и щIасэр зыфIэкIуэда Калкоени, мылъкукIэ къызыхуэтыншэ щхьэкIэ, гъащIэм гурыфIыгъуэ гуэри химыгъуэтэжу куэдрэ псэуащ. Зыкъомрэ къишакъым щхьэгъуси. ИкIэм-икIэжым Истамбыл аргуэру игъэзэжри, Розэ Нэху теплъэкIэ иригъэщхьу зы къэшэн къигъуэтри, зэрыша нэужь, Текирдагъ къалэм дэтIысхьэжащ. Ауэ IэфIыгъэ яку дэмылъу, уеблэмэ бзылъхугъэм Розэ КIыфI фIищауэ щыпсэуащ абы гъащIэр яухыху.
Мы хъыбарыр лIэщIыгъуэ зыбжанэ хъуауэ голланд сэрейм щыIэщ. Розэ Нэхуи абы и псэр щызекIуэу жаIэ. ЩызекIуэ къудеи мыхъуу, консулхэм я гуащэхэм я псэр шейтIанхэм, алмэстыхэм, бзаджэнаджэхэм щихъумэуи ягъэхъыбар. Голландием и лIыкIуэу Истамбыл щыIахэм я гуащэхэм жаIэ Розэ Нэху и псэр абы зэрыщыIэр зыхащIауэ, дэтхэнэми ар зыгуэркIэ сэбэп къыхуэхъуауэ. Абыхэм ящыщ зым жиIэжат зэгуэрым ар пкIэлъейм къехуэх пэтрэ, зы нэрымылъагъу гуэр къапхъуэу къригъэлауэ. Голландием и лIыкIуэу Истамбыл ягъэкIуауэ щыта Жан Жисен (Jan Giesen) и щхьэгъусэ гуащэ Кори Жисен (Corrie Giesen) жиIащ Розэ Нэху и псэр иджыри сэрейм зэрыщIэтыр зыхезыгъащIэ гуэрхэм гу зэрылъитар: бжэ-щхьэгъубжэхэр езыр-езыру щыIукI-щызэхуищIыж, блыным фIэлъ сурэтхэм я теплъэм зыщихъуэж щыIэу жиIэрт. Гуащэм иIуатэрт Розэ Нэху и псэм зэраныгъэ къызэримышэм къыхэкIкIэ а къэхъукъащIэ щэхухэм зыкIи къамыгъэщтауэ.
А лъагъуныгъэ къабзэм трагъэIукIа нэгъуэщI хъыбархэри щыIэщ. жаIэ Корнелис Калкоен и псэр зэзэмызэ сэрейм къакIуэу, Розэ Нэху и псэм ар пырхъуэм щыIущIэрэ, абдежым макъ гуэрхэр къыщыIуу. Ауэ гъунэгъу зэхуэмыхъуфурэ, аргуэру я псэхэр кIуэдыжу.
Истамбыл дэт голланд сэрейр, илъэс 400 дэкIауэ, ахъшэшхуэ трагъэкIуадэри, иджыблагъэ къагъэщIэрэщIэжащ. Розэ Нэху и фэеплъ абы дащIыхьащ. Сыным бзищкIэ: голландыбзэкIэ, инджылызыбзэкIэ, тыркубзэкIэ тетхащ: «ХVIII лIэщIыгъуэм и пэм къыщыщIэдзауэ хъыбар къокIуэкI Розэ Нэху и псэр зэзэмызэ голланд сэрейм щызекIуэу. Розэ Нэху 1727 - 1744 гъэхэм Голландием и лIыкIуэу Истамбыл къулыкъу щызыщIа Корнелис Калкоен и къэшэн дахэу щытащ. Розэ Нэху гурыфIыгъуэншэу дунейм ехыжащ. Голланд сэрейм абы и псэр гъуэбжэгъуэщу куэдым щалъагъу. Мы сыныр Розэ Нэху и фэеплъщ».
Розэ Нэху и фэеплъ сыну голланд сэрейм дэтыр.
Кёпрюлю Туна и «Истамбыл дэт сэрей нэпцIхэр» тхылъым щыщ Iыхьэ тыркубзэкIэ зэзыдзэкIар Атчекен Алишщ. Cherkessia интернет сайтым къралъхьар адыгэбзэкIэ зытхыжар Хъуажь Фахърийщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2016.txt"
} |
Налшык фIыуэ зылъэгъуа финн щIалэ
Премьер-лигэм щыхэта илъэсхэм «Спартак-Налшыкым» щыджэгуащ нэгъуэщI къэралхэм къикIа щIалэ зыбжанэ. Абыхэм ящыщ зыщ Фредриксон Оттэ. 2010 гъэм зэхаубла зэхьэзэхуэм и япэ джэгугъуи 8-м хиубыда зэIущIи 5-м финн гъуащхьэтетым и гъуэм зыми топ къыдигъэкIыфатэкъым икIи налшыкдэсхэм зэпеуэм бжьыпэр щаубыдат уей-уей жызыгъэIэрэ мылъкум къызэгуиудхэу Санкт-Петербург и «Зенит»-р, Мэзкуу и «Спартак»-р, ЦСКА-р, «Локомотив»-р, Къэзан и «Рубин»-р, нэгъуэщI куэди иужь къринэри. «Спорт-Экспресс» газетым и корреспондентым иджыблагъэ абы упщIэ зыбжанэкIэ зыхуигъэзащи, жэуапхэр ди щIэджыкIакIуэхэм яфIэхьэлэмэт зэрыхъунум шэч къытетхьэркъым. «Спартак-Налшыкым» и фащэр щыгъыу Фредриксон Оттэ зэIущIэ 47-рэ иригъэкIуэкIащ икIи лъэужь дахэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортым къыщигъэнащ. Псалъэм къыдэкIуэу къыхэдгъэщынщи, ипхъу закъуэри къыщалъхуар ди щIыпIэращ.
- Оттэ, илъэс зыбгъупщI хъуауэ уи хъыбар тщIэркъым. «Спартак-Налшыкым» узэрыхэкIыжрэ дауэ упсэурэ?
- Фэбжь хьэлъэ зэрызгъуэтам къыхэкIыу, Налшык сыкъикIыжа иужькIэ, зызгъэхъужри зы мащIэрэ иджыри сыджэгуащ. ИтIанэ тренер IэнатIэм сыпэрытащ. Иджы бдзэжьеящэ Iуэхугъуэхэм хьэрычэт щызощIэ. Си компаниер абы и лъэныкъуэкIэ дунейм нэхъ щылъэрызехьэхэм хабжэ.
- АдэкIэ уджэгуну уи узыншагъэм къимыхьми, тренер IэнатIэр щхьэ убгына?
- СызэригугъэмкIэ, фIыуэ илъэгъуа Iуэхум цIыхум къанэ щымыIэу зритын хуейщ. Си гъащIэм щыщу илъэс куэд сэ топджэгум хухэсхащ. Абы щыгъуэми сыхуейт иджыри нэгъуэщI зыгуэрым и IэфIагъыр зэзгъэщIэну. ПщIэрэ, футболыр уи IэщIагъэу щыщытым и деж уи къару, зэман псори абы пфIехь. Апхуэдэу адэкIэ схузэфIэкIынутэкъыми, гъащIэм нэгъуэщI IэнатIэ къыщызгъуэтащ. Пэжщ, сыщыхущIыхьэм и деж сабийхэр иджыри согъасэ, футболист балигъхэм чэнджэщхэр язот. АрщхьэкIэ си къалэн, унэтIыныгъэ нэхъыщхьэр къызэхъулIэ хьэрычэтыщIэ Iуэхуращ.
- 2010 гъэм дгъэзэжынщ. Уэ абы щыгъуэм «Спартак-Налшыкым» узэрыхыхьар куэдым гъэщIэгъуэн ящыхъуат – финн гъуащхьэтетыр бгырысхэм къахэхутащ.
- (Мэдыхьэшх). Шэч къытесхьэркъым си япэ финн гъуащхьэтет Кавказыр къызогъанэри, Урысейм зэрыщымыIам. А лъэхъэнэм премьер-лигэр лъэщащ икIи дэтхэнэ футболистми зиужьынымкIэ ар IэмалыфIт. ЩIыпIэ зыбжанэм къикIа щIалэ куэд абы щызэхуэсат. Налшык и командэр гъуащхьэтет хуэныкъуэт, сэри сыщхьэхуитти, дызэрыгъуэтащ.
- АрщхьэкIэ, Налшык Мэзкуукъым, атIэ Кавказ Ищхъэрэщ…
- СызэригугъэмкIэ, къыздэджэгухэр нэхъ къысщышынэрт, сэ Кавказым сызэрыщыщтэм нэхърэ (мэдыхьэшх).
- Сыт щхьэкIэ?
- ПщIэрэ, дэ финнхэр дыерыщщ, дыткIийщ. Уи фIэщу жыпIэмэ, сыщIэгузэвэнрэ сыщIэпIейтеинрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым сыщрихьэлIакъым. ИкъукIэ гуапэу къыщысIущIащ командэми, къалэми. Пэжщ, Кавказым зэрымыщысабырым теухуауэ сэ куэд зэхэсхырт, арщхьэкIэ апхуэдэу щыщытыр гъунэгъу республикэхэрат. Псалъэм къыдэкIуэу къыхэзгъэщыну сыхуейт урысыбзэр селIалIэу зэрызэзгъэщIар. Налшык цIыху куэд ущрихьэлIэнукъым инджылызыбзэкIэ псалъэу, сэ абыхэм сахэзэгъэн хуейт. Бзэр зэзгъэщIа иужькIэ нэхъ зэпэгъунэгъуж дыхъуащ, зэран къытхуэхъу гъунапкъэхэр Iутхри. Тренерхэр, къыздэджэгухэр зыхуейр нэхъ къызгурыIуэ хъуащ, сэри сахэпсэлъыхьыфырт. Армырамэ, жаIэр зыхыумыщIыкIыу, ауан укъащIу екIуэкIыфынут, жэуапи пхуемыту.
- «Спартак-Налшыкым» нэхъ уи ныбжьэгъуфIу хэтахэр къыпхуебжэкIыфыну?
- Дэ цIыху телъыджэ куэд къытхэтащ. Куржым щыщ Сирадзе Давид хуабжьу сэбэп къысхуэхъуащ гупым сыхэзэгъэнымкIэ. Ар нэхъапэм Германием щыджэгуат сэ схуэдэу, икIи дызытепсэлъыхьынрэ дигу къэдгъэкыIжынрэ ди куэдт. Къыхэзгъэщыну сыхуейт гъуащхьэтетхэр зыгъасэу щыта Кращенкэ Сергеи. Ар иджыпсту Тулэ и «Арсенал»-м щолажьэ.
- Къыбдэджэгуахэм ящыщу хэт сымэ пщIэжрэ?
- Псори! Куржы футболист куэд къытхэтащ: Амисулашвили Александр, Гогуа Гогитэ, Сирадзе Давид. СощIэж гупым и капитан Джудович Миодраг – абы «Джудэ-адыгэлI»-кIэ еджэрт икIи илъэс куэд Налшык щигъэкIуащ. Черногорием щыщ нэгъуэщI зыи ди гъусащ – Йованович Милан. Гуапэу сигу къызогъэкIыж Кисенков Владимир, Филатов Валентин, Джатэрывэ Къазбэч, Рус… Рус…
- Русич Деян?
- НтIэ. Ар сэ схуэдэу гъуащхьэтету къытхэтащ.
- ПщIэрэ Васин Виктор иджыри къэс зэрыджэгур?
- СощIэ, урысей футболым нобэми сыкIэлъоплъ. «Спартак-Налшыкым» къыщыддыхэтам Виктор щIалэ дыдэт, иджы ЦСКА-м щоджэгу.
- 2010 гъэм уэ уихъуэжыну хьэзыру щытащ Мандрыкин Вениамин. Абы къыщыщIам ущыгъуазэ?
- Дауи, зэхэсхащ автомобиль зэжьэхэуэм фэбжь хьэлъэ къыхихауэ пIэхэнэу къызэрынар. Ар акъылым къимытIасэ щIэщхъущ. Узыншагъэ игъуэтыжыну сохъуэхъу.
- Фи тренер нэхъыщхьэу щыта Красножан Юрэ теухуауэ сыт жыпIэфын?
- Сызыгъэса тренерхэм ящыщу нэхъыфI дыдэхэм яхызобжэ. ИкъукIэ пщIэ лъагэ хузощI. «Спартак-Налшыкым» и ехъулIэныгъэхэм я Iыхьэшхуэу ар щытауэ къызолъытэ. Абы футбол философие бэлыхь иIащ. Псом ящхьэращи, къыбгурыIуэу! Красножан и гупсысэхэр IупщIу гупым бгъэдилъхьэфырт. КъищынэмыщIауэ, ар психолог гъуэзэджэт. Дэтхэнэ зы футболистми сыт щыгъуи бгъэдыхьэкIэ къыхуигъуэтыфырт: хэти текIиен хуейт, хэти и дамэм гуапэу утеуIуэмэ зэфIэкIырт. А псоми я фIыгъэкIэ сащыхьагъащIэ 2010 гъэм екIуэкIа зэхьэзэхуэм Урысей Федерацэм и премьер-лигэм бжьыпэр щыдубыдат. Гуп лъэщым, зэкъуэтым хузэфIэкIынур мащIэкъым.
- 2011 гъэм Красножан ягъэкъуэншащ кIэух зэIущIэр Мэзкуу и «Локомотив»-м тыгъэ хуищIу, Европэм и лигэм щызыгъэджэгуну увыпIэр къригъэхьауэ. Езыр иужькIэ абы Iэпхъуэри и тренер нэхъыщхьэ хъуащ. БгъэщIэгъуа ар щызэхэпхам?
- Апхуэдэ Iуэхухэм сытепсэлъыхьыну сыхуит си гугъэкъым.
- Хъунщ-тIэ. Апхуэдэу щыщыткIэ къыджеIэт Налшык сыткIэ удихьэхами.
- Бзэр зэзгъэщIа иужькIэ хуиту къалэм сыкъыдыхьэ, цIыхухэм сепсалъэ хъуащ. Маршруткэм (Оттэ а псалъэр урысыбзэкIэ жеIэ) ситIысхьэрти, бэзэрым щэхуакIуэ сыдэкIырт, щIыпIэм зыщысплъыхьырт. Налшык – къалэ телъыджэщ!
- Я шхыныгъуэхэм уахуэзэшрэ?
- Хуабжьу! Налшык фIыуэ щIэслъэгъуахэм ящыщ зыщ абы щагъэхьэзыр шхын IэфIхэр. Iум йоткIухь я пхъэщхьэмыщхьэхэри хадэхэкIхэри. Шашлыкхэр-щэ?! Абыхэм яхуэдэ дуней псом теткъым! КъищынэмыщIауэ, Налшык икъукIэ сигу щрихьащ а щIыпIэм щагъэхьэзыр пивэр. СощIэж, ди клубым и унафэщIхэм ящыщ зым ар къыщыщIагъэкIым ныбжьэгу щиIэти, дигъэтхъэжырт. «Тэрч» пивэр дунейм щынэхъыфIхэм ящыщщ.
- Ди жагъуэ зэрыхъущи, 2012 гъэм уи лъэгуажьэм фэбжь игъуэтри, «Спартак-Налшыкым» ухэкIыжын хуей хъуащ. ИужькIэ илъэситIкIэ зыщIыпIи ухэтакъым. Сыт щхьэкIэ?
- ИпэжыпIэкIэ илъэсищкIэ сыджэгуакъым. Финляндием и командэ къыхэхам сраджауэ си лъэгуажьэм хэлъ хуэр зэпычащ. АдэкIэ нэхъ Iеиж узыр хъуащ. Дохутырхэм къызжаIащ къэскIухьын папщIэ си лъэгуажьэр зэрагъэхъужыфынур, ауэ топ джэгуным сызэрыпыкIар.
Операцэ хьэлъэ франджы клиникэм сыщащIащ, хъарзынэуи сызэфIэувэж хуэдэт. АрщхьэкIэ илъэс дэкIри, узым къытригъэзэжащ. Аргуэру пIалъэ кIыхькIэ зызгъэхъужын хуей хъуащ. Зыми и фIэщ хъуртэкъым топджэгум зэгуэр сыхыхьэжыну.
- АрщхьэкIэ уэ къэбгъэзэжащ.
- ИкIи абы срогушхуэ. Илъэс зыбжанэкIэ Норвегием сыщыджэгужри, футболым 2017 гъэм сыкъыхэкIыжащ. АфIэкIа си узыншагъэм сытегушхуэфынутэкъым. Иджы хуиту, зыми симыгъэпIейтейуэ къызокIухь, къызожыхь. ЩIымахуэм лыжэм сытоувэф. Си унагъуэр тэмэмщ, хьэрычэтыр къызохъулIэ. Сыт нэгъуэщI узыхуейр?!
Хьэтау Ислъам.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2017.txt"
} |
Спорт еджапIэхэм зэрызрагъэужьыр
КъБР-м и Парламентым
КъБР-м и Парламентым Физическэ щэнхабзэмкIэ, спортымрэ туризмэмкIэ и комитетым и жэрдэмкIэ, Налшык къалэм дэт Сабий стадионым и IуэхущIапIэм щытепсэлъыхьащ республикэм и спорт школхэм я щытыкIэм, зэрызрагъэужьыну Iэмалхэм, апхуэдэуи а Iуэхум пылъ гугъуехьхэр зыхуэдэм.
ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Парламетым и УнафэщIым и къуэдзэ Къардэн Мурат, комитетым хэтхэр, министерствэхэмрэ Налшык къалэм и щIыпIэ администрацэмрэ я лIыкIуэхэр, спорт школхэм я унафэщIхэр.
ЗэIущIэр къыщызэIуихым, КъБР-м и Парламентым Физическэ щэнхабзэмкIэ, спортымрэ туризмэмкIэ и комитетым и унафэщI Бэрэгъун Арсен и псалъэм къыхигъэщащ спортым ехъулIэныгъэ щаIэнымрэ ныбжьыщIэхэр я узыншагъэм кIэлъыгъэплъыжынымкIэ мыхьэнэшхуэ зэраIэр спорт еджапIэхэм.
- Шэч хэмылъу, спорт школхэм я къалэн нэхъыщхьэр щIалэгъуалэр физическэ щэнхабзэмрэ спортымрэ дегъэхьэхынырщ, я узыншагъэм кIэлъыгъэплъыжынырщ. Иужьрейм мыхьэнэшхуэ иIэщ, сыту жыпIэмэ щIалэгъуалэр телефонхэмрэ компьютерхэмрэ бгъэдэсурэ нэхъ хуэмыху мэхъу, уеблэмэ я узыншагъэр йокIакIуэри, - жиIащ Бэрэгъуным.
КъаIэта Iуэхум теухуауэ къэпсэлъащ КъБР-м спортымкIэ и министрым и къуэдзэ Анаев Аслъэн. Абы зэрыжиIамкIэ, республикэм спорт школу 47-рэ щолажьэ, гуп къыхэхахэр спортым хуэгъэхьэзырынымкIэ IуэхущIапIэ щыIэщ, «Спартак-Налшык» футбол клубми зрагъэужь. Муниципальнэ IуэхущIапIэхэр 36-рэ мэхъу, адрейхэр министерствэм и нэIэм щIэтщ. Олимп резерву щыт школхэр 16 мэхъу. ЩIыналъэ спорт федерацэу 46-рэ мэлажьэ: спорт олимп лIэужьыгъуэхэмкIэ - 16, сурдлимпийскэ, паралимпийскэ зырыз, нэгъуэщI спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ 24-рэ. Къэбгъэлъагъуэмэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым спорт лIэужьыгъуэ 14 щыгъэбелджылащ.
2020 гъэм республикэм и спортсменхэр зэхьэзэхуэу 150-м хэтати, абыхэм текIуэныгъэр зыIэрызыгъэхьахэмрэ пашэ щыхъуахэмрэ цIыхуи 173-рэ мэхъу.
Нэгъабэ тренер 33-м я Iэзагъэм хагъэхъуащ: япэ категориер хуагъэфэщащ судья 17-мрэ гъэсакIуэ 11-мрэ, урысейпсо категориер - зы судьям. «Урысейм спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер» цIэ лъапIэр зым къыхуагъэфэщащ, «Урысейм спортымкIэ дунейпсо класс зиIэ и мастер» цIэр - цIыхуи 2-м, «Урысейм спортымкIэ и мастер» цIэр - цIыху 29-м. Япэ разряд зиIэхэмрэ спортым и мастер цIэр зратыну къагъэлъэгъуахэмрэ цIыху 800 мэхъу.
Министрым и къуэдзэм зэрыжиIамкIэ, спорт Iуэхум лэжьакIуэ нэхъ щIалэхэр хуэмурэ къыхэшэн хуейщ, зэрагъасэ щIыкIэхэм ехьэлIауэ Iуэху еплъыкIэщIэхэми хуэныкъуэщ.
Иужьрей илъэсхэм спорт IуэхущIапIэхэр зыхуей нэхъ хуагъазэ. Нэгъабэ спорт IуэхущIапIэ 33-м я ухуэныгъэм елэжьащ, тIур иджыри ятакъым (Бахъсэнрэ Псыхъурейрэ щаухуэ ФОК-хэр).
«Демографие» лъэпкъ Iуэхум хыхьэ «Спортыр гъащIэм и Iыхьэщ» щIыналъэ проектым ипкъ иткIэ, 2021 гъэм федеральнэ бюджетым къыхагъэкIынущ сом мелуан 359-м нэблагъэ. Ахъшэр трагъэкIуэдэнущ Налшык къалэм и Искож хьэблэм бэнэкIэу тхум зыщыхуагъасэ хъуну спорт IуэхущIапIэ щыухуэным, абы и гъунэгъуу футбол джэгупIэ щыщIыным, Дзэлыкъуэ районым хыхьэ Белокаменск къуажэм ФОК къыщызэгъэпэщыным.
Спорт IуэхущIапIэхэр зыхуейхэмкIэ къызэрызэрагъэпэщым и гугъу щищIым, Анаевым жиIащ иужьрей илъэсищым а Iуэхум гулъытэшхуэ зэрыхуащIар. Ауэ гугъуехьхэри щыIэщ, спортсменхэр зэхьэзэхуэхэм хэтыну зэрагъакIуэм хухах мылъкур зэрымащIэм епхауэ, ахъшэр пуд зэрыхъум, уасэхэр зэрыхэхъуэм къыздишаращи, илъэсым тещIыхьа ахъшэм и процент 95-р къагъэсэбэпагъэххэщ.
- Олимп илъэсу зэрыщытым къыхэкIыу, Iэмалу диIэу хъуар къэдгъэсэбэпащ ди спортсменхэм абы зыхуагъэхьэзырыным теухуауэ, икIи зэрытлъэкIкIэ зэхьэзэхуэ псоми ахэр дгъэкIуащ. Министерствэм и бюджетыр зэрымащIэрщ ди гугъуехь нэхъыщхьэр, - къыхигъэщащ къэпсэлъам.
Анаевыр къытеувыIащ тренерхэм я улахуэм хэгъэхъуэн зэрыхуейми. Министрым и къуэдзэм къызэхуэсахэм ягу къигъэкIыжащ курыт еджапIэхэм щылажьэхэм ику иту къахьым хуэдиз гъэсакIуэхэм ейри зэрахуэщIыпхъэм республикэ унафэщIхэр арэзы зэрытехъуар. А Iуэхум текIуэдэнур зыхуэдизыр къапщытэн яухмэ, КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм дэфтэрхэр иритынущ КъБР-м и Правительствэм.
Олимп джэгухэм хэмыхьэ спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ школым и лэжьыгъэмрэ иIэ ехъулIэныгъэхэмрэ зэIущIэм щытепсэлъыхьащ IуэхущIапIэм и унафэщI Шэрджэс Заурбэч. ЕджапIэр 2010 гъэм къызэIуахауэ щытащ, КъуэкIыпIэ бэнэкIэхэмкIэ республикэ школымрэ спорт лIэужьыгъуэ зыбжанэ здэщыIэ еджапIэмрэ зэгуагъэхьэжри. Апхуэдэуи абы и къудамищ къызэрагъэпэщыжащ.
Школым спорт лIэужьыгъуи 9-м щыхуагъасэ, цIыкIури инри зэхэту цIыху мини 2 къызэщIиубыдэу. IуэхущIапIэм и къудамэхэм тренер 48-рэ щолажьэ. ЕджапIэр къызэрызэIуахрэ абы и гъэсэн 113-м текIуэныгъэ къыщахьащ дунейпсо зэхьэзэхуэхэм, спортсмен 1847-рэ пашэ щыхъуащ урысейпсо зэпеуэхэм. ЦIыхуиплI «Урысейм спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер хъуащ», 11-р «Урысейм спортымкIэ дунейпсо класс зиIэ и мастерщ», 78-м «Урысейм спортымкIэ и мастер» цIэр къахьащ.
Къэпсэлъар къытеувыIащ дунейпсо, урысейпсо зэхьэзэхуэхэм ехъулIэныгъэ къыщызыгъэлъэгъуа спортсменхэмрэ абыхэм я тренерхэмрэ зэрызыщIагъакъуэ Iэмалхэми. Псалъэм папщIэ, мы гъэм хагъэхъуащ дунейм, Европэм, Урысейм щекIуэкI чемпионатхэм къыщагъэлъагъуэ ехъулIэныгъэхэм папщIэ зэрагъэгушхуэ ахъшэм.
Зи гугъу ящI Iуэхум теухуауэ зэIущIэм къыщыпсэлъащ Налшык къалэм и щIыпIэ администрацэм физическэ щэнхабзэмкIэ, спортымрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и управленэм и унафэщIым и къуэдзэ Iэпщэ Ладин.
Къызэхуэсахэр тепсэлъыхьащ гъэсакIуэхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ я щIэныгъэм зэрыхрагъахъуэ щIыкIэм, узыншагъэр зэрырагъэфIакIуэм тещIыхьа физическэ щэнхабзэм республикэм и щIыналъэхэм зэрызыщрагъэужьым, КъБР-м СпортымкIэ и министерствэмрэ спорт IуэхущIапIэхэмрэ КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм зэрадэлажьэм, Налшык къалэм и Александровкэ хьэблэм ФОК къыщызэIухынымкIэ яIэ Iэмалхэм.
Белгъэрокъуэ Марьянэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2018.txt"
} |
Дунейм щыхъыбархэр
Урысейм и щIыщIагъ гъэтIылъыгъэ нэхъ ин дыдэу къалъытэ налмэсыр иджыблагъэ аукционым щащащ, сом мелардым щIигъу хуэзэу.
Швейцарием и Женевэ къалэм щаща налмэс телъыджэр Якутием и къыщIэхыпIэхэм ящыщ зым къыщагъуэтат. Ар телъыджэу къыщIалъытар, дыркъуи IэпапIи темылъу, къабзэ дыдэу апхуэдэ мывэ къыщагъуэтыр зэзэмызэххэщи аращ. Карати 100,94-рэ хъу мывэ лъапIэр «Кристис» сату щIыпIэм щищащ налмэс къыщIэхыным елэжь «Алроса» урысей компанием.
IэщIагъэлIхэм зэрыжаIамкIэ, бриллиантыр къызыхащIыкIа налмэсыр карат 207,29-рэ хъурт. Ар хъуэным илъэсрэ ныкъуэм щIигъу ихьащ. Мывэ лъапIэхэм елэжь хамэ къэрал IэщIагъэлIхэм къызэралъытамкIэ, дэбгъуэн щымыIэ хьэпшып дахащэ хъуащ ар.
Урысейм и социологхэр цIыхухэм яхэупщIыхьащ IэщIагъэ нэхъ щхьэпэу, пщIэ зыхуащIу къалъытэхэр къагъэнэIуэн папщIэ. Курыт еджапIэхэр къэзыухауэ зрагъэгъуэтыну IэщIагъэхэр къыхэзыхыну къызыпэщыт щIалэгъуалэм къахуэщхьэпэнщ мы Iуэхур.
ЗэупщIахэм я процент 60-м нэблагъэм псом япэ ирагъэщащ дохутыр IэщIагъэр. Абы кIэлъокIуэ егъэджакIуэмрэ къегъэлакIуэмрэ.
Жылагъуэм пщIэ щызиIэ IэщIагъэхэм апхуэдэуи хагъэхьащ мафIэсгъэункIыфIхэр, щIэныгъэлIхэр, дзэм хэтхэр, инженерхэр, кхъухьлъатэзехуэхэмрэ мафIэгухэр зезыгъакIуэхэмрэ, ухуакIуэхэмрэ шахтёрхэмрэ.
♦Кооперативхэм я дунейпсо махуэщ
♦Днепр псым и дунейпсо махуэщ
♦Уфологым и дунейпсо махуэщ
♦Спорт журналистым и дунейпсо махуэщ. 1924 гъэм бадзэуэгъуэм къызэрагъэпэщащ спортым тетхыхь, тепсэлъыхь журналистхэм я дунейпсо зэгухьэныгъэр.
♦Узбекистан Республикэм и къэрал гербыр къыщащта махуэщ
♦Азербайджаным и полицэм и лэжьакIуэхэм я махуэщ
♦Къэзахъстаным и дипломатие IэнатIэм и лэжьакIуэм и махуэщ
♦1556 гъэм пащтыхь Грозный Иван Астрахань щIыналъэр Урысей къэралыгъуэм хигъэхьащ икIи Астрахань хъаныгъуэр икъутэжащ.
♦1860 гъэм Владивосток къалэ-кхъухь тедзапIэм и лъабжьэр ягъэтIылъащ. Иджыпсту ар УФ-м и Приморскэ крайм и къалащхьэщ.
♦1964 гъэм «Къэббалъкъгаз» трестыр къызэрагъэпэщащ.
♦1975 гъэм Ростов - Владикавказ гъущI гъуэгум мафIэгухэм щызекIуэу щIадзащ.
♦1976 гъэм Вьетнам Социалист Республикэр къызэрагъэпэщащ, Ищхъэрэ, Ипщэ Вьетнамхэр зэгуагъэхьэри. И къалащхьэ Сайгон и цIэр Хошимин жиIэу зэрахъуэкIащ.
♦1990 гъэм къызэIуахащ КПСС-м и иужьрей, ХХVIII, съездыр. Ар бадзэуэгъуэм и 13 пщIондэ екIуэкIащ.
♦1913 гъэм къалъхуащ шэрджэс усакIуэ Гъуэщокъуэ Хъусин.
♦1957 гъэм къалъхуащ актрисэ, кинорежиссёр, жылагъуэ-политикэ лэжьакIуэ Яковлевэ Александрэ.
♦1978 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ Гурцкая Дианэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, пIалъэ-пIалъэкIэрэ уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 28 - 29-рэ, жэщым градус 19 - 21-рэ щыхъунущ.
Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2019.txt"
} |
«Илъэсым и волонтёр нэхъыфI»
Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и волонтёрхэр иджыблагъэ зэIущIащ, 2018 гъэм зэфIаха лэжьыгъэхэр зыхуэдар къапщытэжыну.
Ди и экономикэми инфраструктурэми сыт хуэдизу замыужьами, къэралым гулъытэ зыхуимыщIыф, зыхунэмыс Iуэхугъуэхэр мащIэкъым. Абы и лъэныкъуэкIэ куэд елъытащ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я дэIэпыкъуныгъэм. КъБКъУ-м зи гугъу тщIы Iуэхухэм мыхьэнэшхуэ ярет икIи псапащIэ Iуэху къыхэзылъхьэхэм защIегъакъуэ. Абы и фIыгъэкIэ волонтёрхэм сыт щыгъуи гулъытэ хэха хуащIыф зи Iуэху хуэмыщIахэм.
Илъэсым и кIуэцIкIэ къэрал зэхуэмыдэхэм щрагъэкIуэкIа Iуэхухэм КъБКъУ-м и волонтёрхэр жыджэру хэтащ, екIууи зыкъыщагъэлъэгъуащ. Абыхэм ящыщщ Европэм бэнэкIэ хуитымкIэ и чемпионатыр, щIалэгъуалэм я «Каспий» зэхуэсыр, доброволецхэм я дунейпсо зэхыхьэр, нэгъуэщIхэри.
КъБКъУ-м щIалэгъуалэ политикэмрэ гъэсэныгъэ лэжьыгъэмкIэ и управленэм и унафэщI КIасэ Астемыр волонтёрхэм псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ икIи жиIащ гъэ блэкIар купщIафIэу къызэрырахьэлIар, дызэрыхьа илъэсми псапащIэ Iуэхухэм пащэну зэращыгугъыр. КIасэр абыхэм ехъуэхъуащ ехъулIэныгъэхэр яIэу, ефIакIуэу, я гур зэIухарэ цIыхухэм хуаIэ лъагъуныгъэкIэ, гущIэгъукIэ гъэнщIауэ псэуну.
«Илъэсым и волонтёр» республикэ зэпеуэм щытекIуащ КъБКъУ-м ИнформатикэмкIэ, электроникэмрэ робототехникэмкIэ и институтым и студент Щоджэн Дианэ, къэпщытакIуэ гупым къабгъэдэкIыу тыгъэ хуагъэфэщащ ПравэмкIэ, экономикэмрэ финансхэмкIэ институтым щеджэ Созаев Джамбулат.
Волонтёрхэр цIыху зэчиифIэхэщ, жыджэрхэщ. Абыхэм зэхуэсым я зэфIэкIхэр щагъэлъэгъуащ – уэрэд жаIащ, къэфащ, гушыIэ теплъэгъуэхэр ягъэлъэгъуащ.
КъБКъУ-м и пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "202.txt"
} |
Ди усакIуэ пажэхэр ягъэлъапIэ
Хъыбар гуапэ
Урысей Федерацэм и лъэпкъыбзэхэмрэ лъэпкъ литературэхэмрэ дэIыгъыным и IуэхукIэ цIыхубэ зэкъуэтыныгъэмкIэ (лъэпкъ зэныбжьэгъугъэмкIэ) «Белые журавли России» дунейпсо фестивалым хыхьэу илъэс зыбжанэ хъуауэ къызэрагъэпэщ «Литературэхэм я парад» зэпеуэр.
«Белые журавли России» проектым и правленэм хэтхэм зэхалъхьэжащ зэпеуэм кърикIуахэр. Кавказым и федеральнэ хэгъэгухэм щыщу 2020 гъэм абы щытекIуахэр Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм къыщагъэнэIуащ. Ди республикэм щыщу абы пашэ щыхъуащ усакIуэ, драматург, «Горянка» газетым и редактор нэхъыщхьэ Къаныкъуэ Заринэрэ усакIуэ Бещтокъуэ Хьэбасрэ. Зи цIэ къитIуахэм тыгъэ къыхуащIащ щIыхь дамыгъэхэр - «Белые журавли России» орденыр.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2020.txt"
} |
Унафэ тэмэм тращIыхьат
КъБР-м и Къэралыгъуэр
илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу
Ди республикэм къэралыгъуэ зэригъуэтрэ илъэси 100 щрикъу махуэшхуэр къоблагъэ. Къэрал ухуэныгъэм пыщIа Iуэху инхэм, дауи, лэжьыгъэшхуэ ипэ илъщ. АтIэми, ди щIыналъэм и дежкIэ сыт хуэдэу щытауэ пIэрэ нобэ хуэдэ махуэр? Лъэхъэнэм хэлъа лъэпощхьэпохэмрэ гугъуехь инхэмрэ дауэ пэлъэщауэ пIэрэт ди цIыхухэр? Къэралыгъуэ зыгъуэта щIыналъэм сыт хуэдэ ехъулIэныгъэхэр зригъэхъулIэфа ипэ илъэсхэми къыкIэлъыкIуэ зэманми? А псоми я жэуапыр нэхъыфIу щыдгъуэтынур ди щIыпIэм и дэфтэр хъумапIэхэрщ, дауи. Абы щIэлъщ ди республикэм къикIуа тхыдэщ гъуэгуанэр уи нэгу къыщIэзыгъэувэ, блэкIамрэ нобэмрэ зэпызыщIэ тхылъ хьэлэмэтхэр.
Илъэси 100 ипэкIэ, 1921 гъэм бадзэуэгъуэм и 3-м екIуэкIауэ щытащ РКП(б)-м и ЦК-м и Кавбюром и Пленумыр. Абы ткIийуэ щытепсэлъыхьауэ щытащ Къэбэрдейр Горскэ республикэм къыхэкIыжу езым и къэралыгъуэ ихуэжыну и чэзу зэрыхъуам. А Iуэхур нэхъапэIуэкIи мызэ-мытIэу къаIэтауэ щытащ ди щIыналъэм и унафэщIхэм. 1921 гъэм накъыгъэм и 21-м Къэбэрдей окружной исполкомымрэ парткомымрэ зэгъусэу ирагъэкIуэкIа зэIущIэм и утыку ирахьа Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщт ар. Ди къэралыгъуэр зэфIэувэным и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ а Iуэхум ехьэлIа унафэ къыщащтат окрпарткомым и зэIущIэми.
Къэбэрдейм и Советхэм я IV съезду 1921 гъэм и мэкъуауэгъуэм и 11 - 13-хэм щыIами Iэтауэ щытепсэлъыхьащ а Iуэхум. Абы къэрихьэлIа делегати 140-м щыщу 94-р адыгэт, 39-р урыст, 7-р нэгъуэщI лъэпкъхэм ящыщт. Къэбэрдейм къэралыгъуэ иIэным теухуауэ зэIущIэшхуэм и утыкум къыщыпсэлъат Къатхъэн Назир, Абазэ Данил сымэ, нэгъуэщI куэди. Абыхэм жаIэрт Къэбэрдейм иухуэн хуейр мыобласту, атIэ республикэу, арщхьэкIэ ар иджыри пасэIуэу къыщалъытащ зэхуэсым икIи Къэбэрдейр автономнэ область щхьэхуэу Горскэ республикэм къыхэкIыныр игъуэ дыдэу, ар цIыхубэ лъэIуу зэрыщытыр жаIащ.
Iуэхум и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэхэу къалъытэрт, япэрауэ, щIыналъэм иIэ хуитыныгъэхэр къызэремэщIэкIыр, етIуанэрауэ, Урысейми зэрынэхъ фIэкъабылыр, щIыпIэ унафэщIхэм езым пыщIэныгъэ яхуиIэжмэ. ЩIыналъэм игъуэта зыужьыныгъэм наIуэу къигъэувырт нэхъ къэрал ухуэныгъэ лъагэ иIэну. Апхуэдэ и еплъыкIэхэр хуиIуатэу Къалмыкъ БетIал Сталиным зыхуигъэзауэ щытащ икIи къэрал УнафэщIыр арэзы техъуат абы къыжриIа куэдым. КъБР-м Иджырей тхыдэмкIэ и архивым щIэлъ дэфтэрым итщ Сталиным а Iуэхум теухуауэ жиIауэ щыта псалъэхэр: «Кавбюром къыбгъэдэкI унафэу къэфлъытэ хъунущ Къэбэрдейр Автономнэ область щхьэхуэ хъуныр РСФСР-м и дежкIэ политикэ икIи хозяйственнэ ехъулIэныгъэ къызыпэкIуэну Iуэхугъуэу зэрыщытыр…»
Зы мазэ нэхъ дэмыкIыу а Iуэхухэр утыку къыщрахьащ ди къэралым и щыхьэр Москва щекIуэкIа зэхуэсым. Илъэси 100 ипэкIэ нобэ хуэдэ махуэм нэхъ хэкъузауэ къаIэтауэ щыта Iуэхугъуэм куэд мыщIэу унафэ тэмэми тращIыхьауэ щытащ.
ЖЫЛАСЭ Маритэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2021.txt"
} |
КIУЭКIУЭ Казбек: «Эфир занщIэр» икъукIэ IэмалыфIщ къэралым и УнафэщIым щIыпIэхэм щыIэ щытыкIэхэр зыхуэдэм щыгъуазэ зищIынымкIэ, Урысей Федерацэм щыпсэухэр зыхэт гугъуехьхэр илъагъунымкIэ»
Мэкъуауэгъуэм и 30-м екIуэкIащ Урысейм и Президент Путин Владимир «эфир занщIэкIэ» цIыхухэм щепсэлъа зэIущIэр. Урысейм и щIыналъэ псоми я лIыкIуэхэм Iэмал ягъуэтащ зыгъэпIейтей упщIэхэр къэралым и УнафэщIым иратыну, я гуныкъуэгъуэхэмкIэ зыхуагъэзэну. КъызэратамкIэ, Президентым къыхуагъэхьащ упщIэ мелуанитIым щIигъу. ЦIыхухэм я упщIэхэмрэ тхьэусыхафэхэмрэ ятеухуат социальнэ мыхьэнэ зиIэ Iуэхухэм, щхьэж нэхъ зыгъэгузавэр утыку ирихьат.
УпщIэ куэд дыдэ теухуат коронавирус узыфэ зэрыцIалэм зэрызиубгъуам къыхэкIыу къэралым щыIэ эпидемиологие щытыкIэм, цIыхухэм мастэ яхэлъхьэным и Iуэху зыIутым.
Коронавирусым и зэранкIэ зэрыкъэралу зэхуащIынкIэ, цIыхухэр аргуэру даубыдэнкIэ хъуным тегузэвыхьу ирата упщIэр щызэпкърихым Путин Владимир жиIащ дэтхэнэ щIыналъэми мардэхэр щхьэхуэу, егъэлеиныгъэ хэмылъу зэрыщагъэувыр. «ЩIыналъипщIым я унафэщIхэр ардыдэрщ иджыпсту зэгугъур - локдаун – IуэхущIапIэхэр щызэхуащI, цIыхухэр лэжьапIэншэу, улахуэншэу къыщынэ, хьэрычэт IуэхущIапIэ мыинхэр зыгъэлажьэхэм я мылъкур щыхисхьэ, ахъшэншэу къыщынэ, я хэхъуэхэр щафIэкIуэд - къэмыгъэхъунырщ. Апхуэдэ щытыкIэхэм щыхъума хъун папщIэ щIыналъэ щхьэхуэхэм щыпсэухэм, цIыху щхьэхуэхэм вакцинэхэр Iэмал имыIэу яхэлъхьэн хуейуэ къагъэув».
КъБР-м и Iэтащхьэр щIыпIэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэм мэкъуауэгъуэм и 21-м щаIущIам щыгъуэ жиIат мардэ пыухыкIахэр щIыпIэм щагъэувыным е щамыгъэувыным и Iуэхур вакцинэр цIыхухэм зэрыхалъхьэ псынщIагъым елъытауэ щытыну. «Мы зэманым мардэ пыухыкIахэр республикэм щыдгъэувынуи Iэмал имыIэу вакцинэр псоми хаIуну къалэн ящытщIынуи ди мурадкъым - псори зэлъытауэ щытынур эпидемиологие щытыкIэмрэ цIыхухэм мастэр зэрыхалъхьэмрэщ», - къыхигъэщат республикэм и Iэтащхьэм.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм жиIащ Урысейм и Президентым и «эфир занщIэр» къэралым и УнафэщIым щIыпIэхэм щыIэ щытыкIэхэр зыхуэдэм щыгъуазэ зищIынымкIэ, Урысей Федерацэм щыпсэухэр зыхэт гугъуехьхэр илъагъунымкIэ икъукIэ IэмалыфIу зэрыщытыр. «Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм къэралым и УнафэщIым зэрызыхуагъэза упщIэхэр гулъытэншэу къэдгъэнэнукъым, псори зэпкърытхынурэ, яхуэфэщэн унафи тетщIыхьынущ», - къыхигъэщащ КIуэкIуэ Казбек.
КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2022.txt"
} |
КъБР-м и Iэтащхьэм «Кавказ» къэрал гъуэгум щыщ Iыхьэм щекIуэкI лэжьыгъэхэм щыгъуазэ зищIащ
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иджыблагъэ щыIащ Р-217 «Кавказ» федеральнэ гъуэгум щыщу зэрагъэпэщыж Iыхьэм деж икIи зригъэлъэгъуащ лэжьыгъэхэр зэрекIуэкIыр.
Гъуэгум и 14-нэ километрым деж щокIуэкI Старэ Шэрэдж къыщыщIэдзауэ Аргудан нэсу гъуэгур нэхъ бгъуэ щIыным, лъэныкъуитI фIэкIа ущызэблэкI мыхъуу щытар иджы машиниплI зэбгъурыту техуэн хуэдэу зэхъуэкIыным теухуа лэжьыгъэхэр. КъБР-м транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министр ДыщэкI Аслъэн зэрыжиIамкIэ, лъэныкъуитIкIэ фIэкIа ущызэблэкI мыхъу гъуэгу Iыхьэр пэлъэщыркъым автомобилхэр тэмэму зекIуэным, сыту жыпIэмэ зы жэщ-махуэм къриубыдэу абы ирокIуэ автомобиль мин 25-рэ.
IэщIагъэлIхэм гъуэгур къызыхуэтыншэу щызэрагъэпэщыжым ар нэхъ бгъуэ ящIащ, псы жапIэщIэхэр хуащIащ, гъуэгур яубэри, абы тIэунейрэ асфальтыр тралъхьащ, апхуэдэуи нэхъ шынагъуэу къалъытэ щIыпIэхэм деж къэухьхэр Iуагъэуващ.
Мы зэманым а щIыпIэм щокIуэкI гъуэгу щхьэфэр гъэжыным, зэхэкIыпIэхэр хуэщIыным, автопавильонхэр гъэувыным ехьэлIа лэжьыгъэхэр, а псом къадэкIуэуи, гъуэгухэр къызэрагъэнэхуну Iэмыпсымэхэр ибгъухэм деж щагъэув, лъэс зекIуапIэхэр хуащI. Лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкI «Кавказ» федеральнэ автомобиль гъуэгухэм я управленэм къалэн къазэрыщищIам тету.
Лэжьыгъэхэм щеплъым апхуэдэуи и гугъу ящIащ Аргудан къыщыщIэдзауэ Урыху нэсыху, Осетие Ищхъэрэ - Аланием и гъунапкъэм нэсу, гъуэгур нэхъ бгъуэ щIыным хуэунэтIа лэжьыгъэхэми. 2020 гъэм и кIэм зэгурыIуэныгъэ зэращIылIауэ щытащ гъуэгу километр 15-м елэжьыным теухуа проект-сметэ документацэр зэхэлъхьэным теухуауэ. Лэжьыгъэхэм 2022 гъэм щIадзэнущ. Мыбдежми гъуэгур нэхъ бгъуэ ящIынущ автомобилиплI щызэблэкIыфын хуэдэу, ахэр зэтримыхьэн папщIэ.
КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2023.txt"
} |
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
№264-рп
2021 гъэ м мэкъуауэгъуэм и 30-м Налшык къалэ
«Адыгэ псалъэ» газетым и Уставым, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым 2012 гъэм щэкIуэгъуэм и 12-м къищта Унафэ №1325-П-П-мкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2013 гъэм мэлыжьыхьым и 17-м къыдигъэкIа Унафэ №224-рп-мкIэ къащтам, и 6.1 пунктым тету «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэу гъэувын Жыласэ Заурбэч Щэлэуат и къуэр.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм
и УнафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ КЪУНЫЖЬ МуIэед
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2024.txt"
} |
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
№265-рп
2021 гъэм мэкъуауэгъуэм и 30-м Налшык къалэ
«Заман» газетым и Уставым, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым 2012 гъэм щэкIуэгъуэм и 12-м къищта Унафэ №1325-П-П-мкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2013 гъэм мэлыжьыхьым и 17-м къыдигъэкIа Унафэ №224-рп-мкIэ къащтам, и 6.1 пунктым тету «Заман» газетым и редактор нэхъыщхьэу гъэувын Конаков Хьэсэн Азрэт и къуэр.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм
и УнафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ КЪУНЫЖЬ МуIэед
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2025.txt"
} |
Дунейм щыхъыбархэр
2022 гъэр къихьэным иджыри илъэс ныкъуэм нэблагъэ иIэми, илъэсыщIэм и мылэжьэгъуэ махуэу щытынухэр яубзыхуащ.
УФ-м Лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ къащхьэщыжынымкIэ и министерствэм къызэритамкIэ, нэхъапэми хуэдэу, илъэсыщIэм и пэщIэдзэм иджыри махуипщIкIэ зэкIэлъыкIуэу загъэпсэхунущ цIыхухэм. Къэралым и «зыгъэпсэхугъуэхэм» 2021 гъэм дыгъэгъазэм и 31-м щIидзэнурэ 2022 гъэм щIышылэм и 9-ри къыхиубыдэу щытынущ.
Министр Котяков Антон зэрыжиIамкIэ, дыгъэгъазэм и 31-р мылэжьэгъуэ махуэу ягъэувыну илъэс зыбжанэ щIауэ къыхалъхьэрт, ауэ унафэ пыухыкIа имыгъуэтурэ къекIуэкIащ. Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимири фIэтэмэмщ цIыхухэм а махуэми загъэпсэхуныр. Апхуэдэ жэрдэмыр лъабжьэншэуи пхужыIэнукъым – илъэсыщIэпежьэ щIыныр хабзэ зыхуэхъуа къэралым гъэм и иужьрей махуэм еубыдылIауэ зи IэнатIэм пэрыт куэд щыбгъуэтынукъым.
2022 гъэр зэрыщыту къапщтэмэ, щэбэт-тхьэмахуэхэмрэ илъэсыщIэ дауэдапщэхэр щекIуэкIыну махуипщIымрэ нэмыщI, цIыхухэм загъэпсэхунущ мазаем и 23-м, гъатхэпэм и 6 - 8-хэм, мэлыжьыхьым и 30 - накъыгъэм и 3-хэм, накъыгъэм и 7 - 10-хэм, мэкъуауэгъуэм и 11 - 13-хэм, щэкIуэгъуэм и 4 - 6-хэм.
♦Японием щагъэлъапIэ Лъагъуныгъэм и махуэр
♦Осетие Ищхъэрэ - Аланием егъэлъапIэ Республикэм и махуэр
♦1687 гъэм Ньютон Исаак къихутащ дунейм зыщIэзышэ къару зэрыхэлъыр.
♦1918 гъэм Советхэм Екатеринодар (иджырей Краснодар) щрагъэкIуэкIа съездым унафэ къыщащтащ Кавказ Ищхъэрэ республикэ къызэгъэпэщыным теухуауэ.
♦1920 гъэм Антверпен (Бельгие) щыщIидзащ VII гъэмахуэ Олимп джэгухэм. Ар къызэIухыным теухуа гуфIэгъуэ дауэдапщэхэр щекIуэкIар шыщхьэуIум и 14-рщ.
♦1923 гъэм Азербайджан ССР-м хыхьэу къызэрагъэпэщащ Нагорнэ Карабах автономнэ областыр.
♦1932 гъэм гъэш промышленностым и щIэныгъэ-къэхутакIуэ институту Ленинград къалэм дэтым къэралым щыяпэу къыщагупсысащ шэр зэрагъэгъущ, иужькIэ ар зэрахьэж Iэмалыр.
♦1941 гъэм Киев фашистыдзэхэм ящыхъумэным теухуа зауэшхуэм щIидзащ. ФокIадэм и 26 пщIондэ гуащIэу зэпэщIэтауэ, къалэр нэмыцэхэм иратри, советыдзэхэр икIуэтын хуей хъуат.
♦1971 гъэм КIыщокъуэ Алим СССР-м и Литературэ фондым и унафэщIу хахащ.
♦1882 гъэм къалъхуащ Белоруссием и цIыхубэ усакIуэ, зэдзэкIакIуэ, драматург, БССР-мрэ УССР-мрэ щIэныгъэхэмкIэ я академием и академикыу щыта Купалэ Янкэ (и цIэ-унэцIэ дыдэр Луцевич Иванщ).
♦1939 гъэм къалъхуащ опернэ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, СССР-м и цIыхубэ артисткэ, Налшык мызэ-мытIэу щыIа Образцовэ Еленэ.
♦1943 гъэм къалъхуащ Италием щыщ композитор, уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Кутуньо Тото (и цIэ дыдэр Сальваторещ).
♦1946 гъэм къалъхуащ усакIуэ, тхакIуэ, Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журналист Хъурмэ Хъусен.
♦1968 гъэм къалъхуащ политик, КъБР-м и Парламентым и депутат Iэпщэ Заур.
♦1971 гъэм къалъхуащ Ямало-Ненецкэ автономнэ округым и Iэтащхьэу щыта, Урысей Федерацэм щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэмрэ дыкъэзыухъуреихь дунеймкIэ и министру лэжьа, «Урысей зэкъуэт» партым и Совет Нэхъыщхьэм и секретарым и къуэдзэ Кобылкин Дмитрий.
♦1975 гъэм къалъхуащ урысей биатлонисткэ цIэрыIуэ, Олимп джэгухэм я дыщэ медалхэр тIэунейрэ къэзыхьа, дунейпсо чемпионатхэм хэнейрэ щытекIуа Медведцевэ Ольгэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, пIалъэ-пIалъэкIэрэ уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 24 - 25-рэ, жэщым градус 18 - 19 щыхъунущ.
Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2026.txt"
} |
«Кавказ хабзэ», «бгырыс хабзэ» жыхуаIэхэмрэ къинэмыщIхэмрэ
«Ислъэмейм» лъэр щIегъэкI. Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.
Мы тхыгъэм щхьэусыгъуэ хуэхъуар Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIа «Кавказ этикет» (Налшык, 2019 гъ.) тхылъымрэ КъБКъУ-м и профессор Хъурей Леоренэ «Лъэпкъ хабзэм къыбгъэдэкI узыншагъэр» («Здоровьепорождающая сила национального этикета», «Газета Юга», №45, 2019 гъ., щэкIуэгъуэм и 29) зыфIища и тхыгъэмрэщ. ТегъэщIапIэу къэтщтар филолог Гъут Iэдэм «Кавказ этикетым теухуа теплъэгъуэхэр» («Этюды о кавказском этикете», Налшык, 1998 гъ.) зыфIища и лэжьыгъэмрэ зытепсэлъыхь IуэхугъуэкIэ абы ещхь нэгъуэщI зыбжанэрэщ. Хъурей Леоренэ къызэрилъытэмкIэ, адыгэ хабзэр Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъ псоми я деж щызекIуэ хабзэхэм лъабжьэ зэрахуэхъуам къыхэкIыу, «кавказ хабзэ зыфIэпщыфын зэхэтыкIэ зэдай» щыIэу пхужыIэнущ.
IУЭХУМ щымыгъуазэ щIэджыкIакIуэ жыIэзыфIэщым и нэ къыфIэнэн щымыIэ хуэдэу щытщ. ИтIани, дызытепсэлъыхьым хэзыщIыкIхэр, псом хуэмыдэу IэщIагъэлIхэр, я нэгу щIэкIым нэгъуэщIущ зэреплъыр. Iуэхур зыIутращи, гъунэгъу лъэпкъхэм ящыщу къызыхэкIам и пщIэр зыIэтын зыфIэфIхэм адыгэхэм (нэхъыбэу - къэбэрдейхэм) я тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ епха фIэщыгъэ куэд Кавказ псом я зэхуэдэ хуэдэу я лэжьыгъэхэм къыщагъэлъэгъуэн щIадзащ. Дэ дызэреплъымкIэ, апхуэдэ щIыкIэу зы лъэпкъым тхыдэм къыпхиха хъугъуэфIыгъуэхэр адрейм патхэ. Языныкъуэхэм деж а гъуэгур мурад щхьэхуэ яIэу е унафэ гуэрым хуэжыIэдаIуэу къызэрыхахым гу лъыботэ. Апхуэдэ бгъэдыхьэкIэм и зэранкIэ лъэпкъхэр зэпэщIоувэ, зэныкъуэкъухэр, зэдауэхэр утыку къохьэ.
Адыгэхэм лIэщIыгъуэ бжыгъэкIэ тхыдэм къыпхаха я ехъулIэныгъэхэр нэгъуэщI лъэпкъхэм ейуэ ягъэIуныр хабзэ хъуащ. Псом хуэмыдэу ар теухуащ щэнхабзэм и хъугъуэфIыгъуэхэм. Псалъэм папщIэ, адыгэ «Нарт» эпосыр (нарт лIыхъужьхэм ятеухуа хъыбар гупыр) дунейпсо мыхьэнэ зиIэу къалъытэ IуэрыIуатэр, гъунэгъу лъэпкъхэм я щэнхабзэм хуэм-хуэмурэ хабжэ. Иджы ар осетинхэми, къэрэшей-балъкъэрхэми, вайнаххэми ейуэ жаIэ. Уэркъ хабзэр аланхэм (осетинхэм) къабгъэдэкIауэ зэхыбох. Адыгэ цейр Кавказ Ищхъэрэми Кавказ ЩIыбми щыщ лъэпкъ куэдым я щхьэ хуахь. Тулэ щащIа тхъурымбейхэм, самоварым, Оренбург щащIа цыхъархэм, Iэщтырхъан хъарбызхэм, Гжель къикIа хьэкъущыкъум, Бжьэдыгъукъалэ шейм «урыс хьэпшып» фIащыну ягу зэкIэ къэкIакъым. Дауэ къащыхъуну пIэрэ осетинхэмрэ къэрэшей-балъкъэрхэмрэ я хъыршынхэм е цыхэкIхэм, адыгей кхъуейм, къэбэрдей лэкъумым, дагъыстэн цIугъэнэхэмрэ алэрыбгъухэмрэ «кавказым щащIа» фIащмэ? Ар, дауи, зыми и гуапэ хъунукъым.
Совет зэманым епха зы щапхъэ къэтхьынщ. Мы тхыгъэр зи IэдакъэщIэкIхэм яз XX лIэщIыгъуэм и 80 гъэхэм и етIуанэ Iыхьэм Мэзкуу аспирантурэм здыщIэсым, куржыхэм къызэIуаха гъэлъэгъуэныгъэм еплъыну кIуат. Утыкум къралъхьа хьэпшыпхэм тепсэлъыхь щIалэм цIыхухъу щыгъыным щыщ Iыхьэхэм (щхьэрыхъуэн, щIакIуэ, къэптал, лъей) я гугъу щищIым, адыгэ цейр куржы лъэпкъым и щыгъыну жиIащ. Адыгэ щIалэр къэуIэбжьауэ щIэупщIащ: «Сыт-тIэ абы «грузинка», «армянка» е «азербайджанка» фIамыщу «черкеска» щIыфIащар?» Жэуап къратыжакъым. Апхуэдэ куэд къохъу.
Iуащхьэмахуэ япэу дэкIа Хьэшыр Чылар къэрэшей Хачиров Хыйса хуэдэу ягъэIу. 2009, 2019 гъэхэм Къэрэшей-Шэрджэсым а Iуэхум теухуауэ къэралыгъуэ дауэдапщэхэр щрагъэкIуэкIащ (япэ Iуащхьэмахуэ дэкIыгъуэр илъэси 180-рэ, 190-рэ зэрырикъуахэр). Хьэшыр Чылар и фэеплъу Iуащхьэмахуэ лъапэ деж щытым иджыблагъэ тебзэхыкIащ ар зыщыщ лъэпкъыр къэзыгъэлъагъуэ гъущI пIащIэр. Ар ауэ сытми къэхъуауэ фIэщщIыгъуейщ. Иужьрей илъэс 30-м КъШР-м щыщ ди гъунэгъухэм адыгэшым «къэрэшей шы лъэпкъ» фIащын щхьэкIэ ямыщIа къагъэнакъым. Адыгэ къафэ «ислъэмейм» кавказ псом я зэхуэдэ «лезгинка» фIащыжащ. Адыгэ уанэм, шы Iэпслъэпсхэм, сэшхуэмрэ къамэмрэ «кавказ IэщэкIэ» йоджэ. Ардыдэр пхужыIэнущ бзылъхугъэ хьэпшыпхэм, фащэм, цIугъэнэхэм, адыгэ щIакIуэм, арджэным ятеухуауэ.
Ди щIыпIэм ис языныкъуэ щIэныгъэлIхэм я тхыгъэхэм игъащIэ лъандэрэ къэбэрдей (адыгэ) хуэIухуэщIэу къекIуэкIа хъугъуэфIыгъуэ куэдым я фIэщыгъэхэр щытралъэщIэну, къыхамыгъэщыну, адрейхэм хагъэзэрыхьыну щыхуожьэ. Апхуэдэ щапхъэхэм язщ тхыгъэр щыщIэддзэм зи гугъу тщIа «бгырыс хабзэ», «кавказ хабзэ» терминхэр «адыгэ хабзэм» и пIэкIэ къызэрыраIуэр, «адыгэ фащэм» и пIэкIэ «бгырыс фащэ», «адыгэ Iэщэм» и пIэкIэ «кавказ Iэщэ» зэрыжаIэр.
ЗэрыхамыщIыкIым къыхэкIыу, нобэр къыздэсым Урысейми хамэ къэралхэм щыщ щIэныгъэлIхэми Кавказ Ищхъэрэм и тхыдэм щытепсэлъыхькIэ, псоми «шэрджэскIэ» къыдоджэ, зытепсэлъыхь лъэпкъым зэреджэр зэхагъэкIыным емылIалIэу. Ари бгъэдыхьэкIэ узыншэу къэтлъытэркъым, щIэныгъэми къыщезэгъыркъым.
Ардыдэм уащрохьэлIэ тхыдэм щызекIуэ терминхэм: «къэбэрдеипщхэм» и пIэкIэ «Кавказ Ищхъэрэм и тепщэхэр» жаIэ; «адыгэщIхэр» жаIэу ятхыным и пIэкIэ «тафэщIхэр» жаIэри ятх. Апхуэдэ тхыгъэхэр лъэпкъым къыхэкIа тхыдэджхэм нэгъунэ я Iэдакъэ къыщIокI, я лъэпкъым тхыдэ пхэнжыр пэж хуэдэу къыхуагъэнэн я мураду. Ещхьыркъабзэу, арэзы удэхъуну гугъущ «адыгэ хабзэм» и пIэкIэ «кавказ хабзэ» е «бгырыс хабзэ» зэрыжаIэми, ауэ щыхъукIэ щапхъэ къахьхэм я процент 80-90-р къызыхахар адыгэ тхыдэрщ. Дэ дапэщIэувэркъым куэд щIауэ цIыхубэм яIурылъ «кавказ хьэщIэ гъэхьэщIэкIэ», е «кавказ ерыскъы» жыхуаIэхэм.
Апхуэдэу щхьэрыутIыпщу тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ пыщIа фIэщыгъэхэм уриджэгуныр хуит щыхъуар совет зэманым къыдэкIа щIэныгъэ, художественнэ, публицистикэ тхыгъэхэрт. А зэманым абы и щхьэусыгъуэр къэралым щызекIуэу щыта лъэпкъ Iуэху бгъэдыхьэкIэрт. Ноби къэхъур ардыдэращ. Ауэ нобэ ар щIэныгъэмрэ публицистикэмрэ щыпIэщIэкI мыхъуныр дэнэ къэна, егъэджэныгъэми ущыхуэбэлэрыгъ хъунукъым апхуэдэ Iуэхухэм.
Илъэсибл ипэкIэ «Бгырыс хабзэ» зыфIаща егъэджэныгъэ курс гуэр еджапIэхэм щыпхагъэкIыну хуежьат. Абы щыгъуэм КъБР-м и Адыгэ лъэпкъ зэгухьэныгъэхэм я зэзыгъэуIу Советми, Къэбэрдей Адыгэ Хасэми, лъэпкъ интеллигенцэми зыкъаIэтри, апхуэдэцIэм щIэту факультативыр кърагъэщтэн ядакъым, щхьэхуэ-щхьэхуэу адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ я лъэпкъ хабзэхэр ирагъэджыну чэнджэщ иратри. А зэманым ЕгъэджэныгъэмкIэ министерствэри арэзы техъуауэ щытащ апхуэдэ бгъэдыхьэкIэм.
ИтIани, а «Бгырыс хабзэ» («Горский этикет») жыхуаIэ курсыр дызэрыт зэманым СКГИИ-м щрагъэдж. А Iуэхум теухуауэ жыIапхъэщ къэбэрдейхэр бгырыс лъэпкъыу зэрыщымытыр. Абыхэм я тхыдэри, я хабзэри нэхъыбэу щызэфIэувар тафэрщ, бгыхэр къызэрагъэщхьэпар зыхэпсэукIыпхъэ IэмалкIэщ. Бгырысу игъащIэми къалъытэр балъкъэрхэрщ, къэрэшейхэрщ, осетинхэрщ (абыхэм къэбэрдей адыгэхэр нобэми «къущхьэкIэ» йоджэ), шэшэнхэрщ, ингушхэрщ, дагъыстэн лъэпкъхэрщ. КъедбжэкIа псоми, къэбэрдейхэри яхэту, езыхэм я хабзэ яIэжщ. БзэкIи, щIыпIэ яубыдкIи, зэрызэбгъэдэт щIыкIэкIи щхьэж и дуней тетыкIэ иIэжщ. Аращ балъкъэрхэм «тхыдэкIи, динкIи, псэукIэкIи дызэтохуэ» жызыIэ къэбэрдей тхыдэджхэм «пцIы фымыупс» къыщыжраIэкIэ, къуаншэу къалъытэн щIыхуэмейр. Къэбэрдейхэмрэ балъкъэрхэмрэ (къэрэшейхэмрэ) тепсэлъыхькIэрэ, абыхэм ятх: «ЛъэпкъитIым я бзэм деж къыщымынэу, я гупсысэкIэри зэщхьэщокI, 1922 гъэм и пэкIэ екIуэкIа тхыдэмкIи зэтехуэркъым». Я лъэпкъ хабзэхэм я гугъу щащIкIэ, апхуэдэ еплъыкIэщ къагъэлъагъуэр Кавказ Ищхъэрэм щыщ тхыдэдж псоми.
Нобэ Кавказ Ищхъэрэм лъэпкъи 140-рэ щопсэу. Дэтхэнэ лъэпкъми фIэщыгъэ хэха зиIэ ехъулIэныгъэ щхьэхуэхэр бгъэдэлъщ, абы иригушхуэ къудей мыхъуу, лъэпкъыу зыкъызэралъытэжым ар лъабжьэ хуэхъуу. А мылъкум щхьэрыутIыпщрэ пхъашэу уебгъэрыкIуэ хъунукъым, сыту жыпIэмэ нэхъ мащIэ дыдэу абы хэлъыр Iуэхум пцIы къызэрыхыхьэрщ, ауэ къызэщIэубыдауэ къапщтэмэ, лъэпкъым пщIэ хуамыщIу аращ. Iуэхур апхуэдэу екIуэкIмэ, ди ужь ит щIэблэм ищIэнури, иджынури, зэрыгушхуэнури езым и тхыдэркъым, хамэ лъэпкъхэм къабгъэдиха, езым ейуэ къыфIэщI имыхабзэрэ имытхэдэрэщ. Абы дызэрыхуэкIуэр иджыпстуи уолъагъу. Дэ шэч къытетхьэркъым, гупсысэн зи хьэл цIыхухэр, я лъэпкъым и тхыдэр, абы бгъэдэлъ щэнхабзэ лъагэр къызыфIэIуэхухэр къекIуэкI бгъэдыхьэкIэм арэзы зэримыщIым. Апхуэдэхэр щынэхъыбэщ ди цIыхубэм.
Кавказ щэнхабзэм и Iыхьэу щыт адыгэ хабзэм и тхыдэр лIэщIыгъуэ жыжьэхэм къыщожьэ, зэманым къыпхыкIри, къару зэрыщIэлъыр къигъэлъэгъуащ. Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъхэм ядэплъагъу ехъулIэныгъэхэм адыгэ хабзэр теплъэ щхьэхуэ иIэу хоувэ. И псэукIэкIи, и дин хуэIухуэщIэкIи, цIыхум и щхьэр лъагэу езыгъэIэт нэгъуэщI лъэныкъуэ куэдкIи абы езым и увыпIэ иIыгъыжщ.
ДЭ ШЭЧ къытетхьэркъым, дэтхэнэ лъэпкъ хабзэми щIэныгъэм щызекIуэ бгъэдыхьэкIэхэр зыIэщIумыгъэкIыу, лIэщIыгъуэ бжыгъэкIэ зэтеува Iуэху еплъыкIэм и хьэтыр плъагъуу убгъэдыхьэн зэрыхуейм. «Хабзэм» дэ нэхъыбэм къидгъэкIыр «цIыху декIуэкIыкIэ, цIыхубэ гъащIэм и кIуэцIкIэ щызекIуэ зэбгъэдэтыкIэ гуапэ» мыхьэнэрщ. Дунейм зы лъэпкъи тет къыщIэкIынкъым унагъуэм узэрыщызекIуэнум, цIыхубэм уазэрыхэтынум теухуауэ хабзэ гуэр имыубзыхуауэ.
Сыт-тIэ адыгэ хабзэр дуней псом хэIущIыIу щызыщIар? Ди лъэпкъым дежкIэ «этикет» жыхуаIэр тхылъымпIэм ирамытха, «адыгэ хабзэ» зыфIаща цIыху зэхэтыкIэ укъуэдиящ. XIX лIэщIыгъуэ пщIондэ зекIуащ ар, нобэми мыкIуэдыжауэ гъащIэр абы и унафэм щIэтщ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, адыгэ хабзэр - пасэ зэманым зэфIэува, адыгэхэм я пщIэрэ я псэрэ зэрахъумэжу щыта унафэщ. БлэкIа зэманым ар я тегъэщIапIэу цIыхубэм къалъыкъуэкI Iуэхухэр зэфIахырт, абы ебакъуэм тезырышхуэ тралъхьэрт.
Этнограф цIэрыIуэ Бгъэжьнокъуэ Барэсбий зэреплъымкIэ, «адыгэ хабзэм» и Iыхьэщ «адыгагъэмрэ» «адыгэ нэмыс» жыхуаIэмрэ. КъызэщIэубыдауэ къапщтэмэ, абы яхохьэ уи щIыхьыр зэрыпхъумэныр, щэныфIагъыр, пэжыгъэр, захуагъэр, укIытэр, цIыху хэтыкIэр, гудзакъэ, гулъытэ уиIэныр, нэхъыжьым, цIыхубзым е цIыхухъум пщIэ зэрахуэпщIыну щIыкIэр, къинэмыщIхэр. Адыгэхэм фIэкIа апхуэдэ ядумылъагъуу, лъэпкъым и махуэкъэс гъащIэм мыхьэнэшхуэ щиIэщ хьэщIэ егъэблэгъэным и хабзэ ткIийхэм, унагъуэ кIуэцI щызекIуэ унафэм, гуфIэгъуэмрэ гузэвэгъуэмрэ епха дауэдапщэхэм. Апхуэдэ зы щапхъэу къэпхьыфынущ адыгэ Iэнэ щысыкIэр.
Адыгэ хабзэр и ткIиягърэ и дахагъкIэ Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъхэм я деж цIэрыIуэ щыхъуат. Европэм, Урысейм (уеблэмэ Урыс-Кавказ зауэм хэтахэм) къикIа щIэныгъэлIхэм, XVIII-XIX лIэщIыгъуэхэм къэкIуа дунеяплъэхэм ар Германиемрэ Франджымрэ щызекIуэ уэркъ хабзэхэм ирагъэщхьырт.
Уэркъ хабзэм «уэркъ напэ» жаIэри зыгуэр хэтщ. Абы хохьэ уэркъым бгъэдэлъыпхъэ гъэсэныгъэм и мардэ псори. Ар хахуэу, хьэщIэхуэфIу, жумарту, и псалъэм тетыжу, жьакIуэу, щэху ихъумэфу, цIыхугъэ хэлъу щытын зэрыхуейр, къинэмыщIхэр.
Псом нэхърэ нэхъ гущыкIышхуэ зыхуаIэр шынэкъэрабгъэхэмрэ быдэхэмрэт. Къэрабгъафэ зраплъа, уэрэдкIэ ягъэпуда уэркъым дунейм тетыхукIэ и напэр хуэтхьэщIыжынутэкъым. «Апхуэдэр яукIа пэлъытэщ, - етхыж Лапинский Теофил. - Зы хъыджэбзи къыдэкIуэнукъым, зы ныбжьэгъуми и Iэ къыхуишиинукъым, и щIыналъэм щыауану и гъащIэр ихьыну аращ».
ТегъэщIапIэ димыIэу дымыпсэлъэн щхьэкIэ, хэIущIыIу хъуа тхыгъэхэм ящыщ пычыгъуэхэр къэтхьынщ.
«Кавказ Ищхъэрэм псоми плъапIэу щаIэр къэбэрдей адыгэхэрщ. Ахэр Кавказым и франджыхэу жыпIэ хъунущ, Кавказым и щIыбкIэ персхэр зэрыщытым хуэдэу. Ахэрщ щыгъынкIи, IэщэкIи, щауэ IэкIуэлъакIуагъкIи, шы тесыкIэкIи модэр къезыгъажьэр». (Зассерман А. А., «Двадцать лет на Кавказе», 1879).
«ЩэныфIагъымрэ IэбэкIэ екIумрэ бгырысым Къэбэрдейм нэхърэ нэхъыфIу зыщIыпIи зыщыхуегъэсэнукъым. Кавказ Ищхъэрэм щыщ бгырысу хъуам абыхэм я цей дыкIэри, я шы тесыкIэри я щапхъэщ». (Брокгауз Ф. А., Ефрон И. А. «Энциклопедический словарь», 1894).
«Сунжэ щегъэжьауэ хы ФIыцIэм нэс зыщызыубгъуа адыгэ зауэлI зэгухьэныгъэхэм уэркъ щауэхэр зэрыс Къэбэрдейрщ екIумрэ емыкIумрэ къезыгъащIэри, щIэр къахуезыхьэжьэри». (Попко И., «Терские казаки стародавних времён», 1880).
«Кавказ Ищхъэрэм ис бгырыс псори, псыжь, тэрч къэзакъхэри Iэщэ-фащэкIи, шы тесыкIэкIи, нэгъуэщI куэдкIи зыдэплъейр Къэбэрдейрщ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, къэбэрдей модэ щхьэзыфIэфIым я нэIэ тет зэпытщ». (Студенецкая Е. Н. «Одежда народов Северного Кавказа XVIII-XIX вв., 1989).
1857 гъэм швейцар публицист Жиль Флориан «Письма с Кавказа и Крыма» и цIэу Париж тхылъ зэгъэпэща къыщыдигъэкIат. Кавказ лъэпкъхэм я гугъу щищIкIэ, тхакIуэр абы адыгэхэми щатопсэлъыхь. Ди лъэпкъэгъухэм я зауэлI IэкIуэлъакIуагъымрэ ядилъэгъуа хабзэмрэ итхьэкъуа Жиль итхыжащ: «Абыхэм я хабзэм, Iэщэм, зауэлI фащэм, кърагъэкIу-кърамыгъэкIухэм шэрджэсхэм я мызакъуэу, Кавказ къуршхэм я хъуреягъкIэ щыпсэу бгырыс псори кIэлъоплъ, зауэм хэпщIа зэпыту екIуэкI къэзакъхэми ардыдэхэр зрахьэлIэным нэхъыфI къахуэгупсысакъым».
АдэкIи Жиль къыдыщIегъу: «XIX лIэщIыгъуэм нэгъунэ, Урыс империем и унафэм щIэува нэужьи, Париж Европэм щихь къалэныр зыгъэзащIэ Къэбэрдейрт модэр къезыхьэжьэр».
Гу лъывэдгъэтэну дыхуейт зи жыIэгъуэ къэтхьахэм иджырей щIэныгъэлIуи щIыналъэм щыщуи зыри зэрахэмытым, псори блэкIа жыжьэм зэрыщыщым.
Апхуэдэ дыдэу пщIэшхуэ адыгэхэм къыхуащIу щытащ Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъхэми, Кавказ ЩIыбым щыщхэми. Ар IупщIу къыхощ ди гъунэгъу лъэпкъхэм я IуэрыIуатэм. Куржы философ цIэрыIуэ Рехвиашвили Нестор и тхыгъэхэм къыщыхегъэщ: «Адыгэ хабзэр кавказ лъэпкъ псоми зы дуней тетыкIэ щапхъэу къызэдащтащ». Ингушхэм жаIэ: «Адыгэм хуэдэу Iумахуэщ». Шэшэнхэр гъэсэныгъэ зыхэлъ цIыхухъум «адыгэ уардэкIэ» йоджэ. Балъкъэрхэм я нэхъыжьхэм адыгэ хабзэм и гугъу щащIкIэ «черкес намус» жаIэу щытащ. ЛIэщIыгъуэ бжыгъэ хъуащ ди гъунэгъухэм адыгэ хабзэм и хьэтыр зэралъагъурэ. Абы и щыхьэтщ Къэбэрдейм зыщызыужьа атэлыкъ гъэсэныгъэмрэ къунакъ зэныбжьэгъугъэмрэ. Абы ижь зыщIихуар езы лъэпкъым къыщIэхъуэ щIэблэм, нэхъыбэу - щIалэ цIыкIухэм я закъуэкъым. Гъунэгъухэм я сабийхэм дежи къыщынэркъым. АтIэ кърым хъаныкъуэхэри хиубыдащ абы. «Тырку сулътIанымрэ кърым хъанымрэ я къуэ псори Шэрджэсейм щагъасэ», - итхыжащ Пейсонель Карл.
Адыгэ хабзэр зэрызэхэт щIыкIэр нэгъэсауэ щызэпкърыхащ иджырей щIэныгъэлIхэм я лэжьыгъэхэм: Думэн Хьэсэн («Социальная структура кабардинцев в нормах адата», 1990); «Правовые нормы адыгов и балкаро-карачаевцев XV-XIX вв.» (зэхэзыгъэувахэр Думэн М., Думэн Ф., 1997); «Адыгэ щIэнгъуазэ» (редактор нэхъыщхьэр Къумахуэ Мухьэдинщ, 2006); «Земля адыгов» (Щоджэн Iэсхьэд, 2004); Бгъэжьнокъуэ Барэсбий («Адыгский этикет», 1974; «Очерки этнографии общения адыгов», 1984; «Адыгский этикет», 1999); МафIэдз Сэрэбий («Межпоколенная трансмиссия традиционной культуры адыгов», 2000; «Адыги. Обычаи. Традиции», 2000); Унэж Кашиф («Феномен адыгской (черкесской) культуры», 1999); Мэлбахъуэ Борис («Черкесское (адыгское) декоративно-прикладное искусство», 2012; «Черкесы (адыги) в мировой литературе», 2013; «Кабардинцы в исторической науке», 2019); Къудей Владимир («Адыгские традиции и современность», 2019).
Мы тхылъ къедбжэкIахэр зи IэдакъэщIэкI псоми адыгэ хабзэр Кавказ псом и зэхуэдэ щэнхабзэм и лъабжьэу къалъытэ, ауэ абыхэм ящыщу зыми ар «бгырыс хабзэу» е «кавказ хабзэу» жиIэркъым.
МЫ ТХЫГЪЭМКIЭ къэбэрдей адыгэхэр тхыдэрэ щэнхабзэкIэ адрей лъэпкъхэм нэхърэ нэхъ лъагэу къэдгъэлъэгъуэныркъым ди мурадыр. Шэрджэсхэр игъащIэми хуэтэмакъкIыхьщ я гъунэгъухэм я блэкIами, щэнхабзэми, динми. Зэманым зиужьыху, абыхэм я ехъулIэныгъэхэри Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъ псоми зэIэпах хъуащ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, лъэпкъ куэд зэрыс Урысеишхуэм щыпсэухэм зым ифI адрейм къызэрекIыр наIуэщ.
Дэ дымыдэр тхыдэм къикIуа гъуэгуанэм щызэтеува, лъэпкъ щхьэхуэм епха фIэщыгъэхэмрэ терминхэмрэ цIэи щхьэи къыхуамыгъэнэжу зэрытралъащIэрщ. Тхыдэм тыгъэ къытхуищIа дэтхэнэ хъугъуэфIыгъуэми цIэ щхьэхуэ иIэжщ, ахэр нобэкъым икIи дыгъуасэкъым щызэтеувар. Псалъэ шэрыуэ гуэр щыIэщ: «Дунейр щIэращIэ зыщIыр зэхуэдэныгъэркъым, зэщхьэщыкIыныгъэрщ» - жеIэри. Дэ шэч къытетхьэркъым Кавказ Ищхъэрэм ис щIэныгъэлIхэм я нэхъыбэр щхьэж къыщалъхуа щIыналъэм и хэкупсэу зэрыщытым. Я тхыгъэхэр щытрадзэкIи, абыхэм мурад дахэхэр ящI, щхьэж и лъэпкъым иригушхуэу. Ауэ сыт щыгъуи тегъэщIапIэу щытыпхъэр пэжым и закъуэщ. НэфI-неиншагъэмрэ тхыдэм къигъэув щапхъэхэмрэщ ноби дяпэкIи гъуэгугъэлъагъуэу диIэн хуейр.
XIX - XX лIэщIыгъуэм и 90 гъэхэм щегъэжьауэ, щIалэгъуалэм я лъэпкъым теухуауэ хъыбар пэжхэр яIэрохьэ. Аращи, а Iуэхум пхэнжи нэпцIи къыхыхьэ хъунукъым. Адыгэ хабзэр щызэтеува зэманымрэ нобэмрэ я зэхуаку гъащIэми псэукIэми зэхъуэкIыныгъэ куэд дыдэ щекIуэкIащ. Хабзэр зэтезыIыгъэу щыта Iэмэпсымэхэм я нэхъыбэр зекIуэжыркъым. Нобэ дзыхь нэхъ зыхуащI Интернет хуэIухуэщIэхэм пэжыр къыщыплъыхъуэныр дзыхьщIыгъуэджэщ, зэрымыщIэкIи мурад Iей ящIыпауи Iуэхур зэгъэдзэкIауэ утыку къыщрахьэ къохъу.
Щэнхабзэр сыт щыгъуи Iэмал щхьэпэ мэхъу зэгъунэгъу лъэпкъхэр фIыуэ зэхущытын, я зэхуакум ныбжьэгъугъэм, зэкъуэшыныгъэм зыщиубгъун папщIэ. И гугъу умыщIыххэми хъунущ ар лъэпкъ псоми я зэхуаку лъэмыж хуэдэу зэрыдэтым, зым адрейр къицIыхуну Iэмал зэритым.
ИтIани, уигу ибгъэху хъунукъым лъэпкъ хабзэхэр зэрызэщхьэщыкIымрэ абыхэм зэтехуэу яхэлъымрэ къызэщIэбубыдэфмэ, лъэпкъ къэс и къэухьым нэхъ зэрызиужьынур, зэгъунэгъухэр щIызэрыубыдын щхьэусыгъуэхэри нэхъыбэ зэрыхъунур.
АдыгэлIрэ адыгэшрэ.
КЪАЛМЫКЪ Жылэбий, тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат, КъБР-м и Адыгэ лъэпкъ зэгухьэныгъэхэм я зэзыгъэуIу Советым и унафэщI. ЩЭМЕЙ Аслъэн, тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат, КъБКъУ-м и доцент. ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, ЩIДАА-м и академи
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2027.txt"
} |
Европэр къапоплъэ
Атлетикэ хьэлъэ
Башкортостаным и Салават къалэм щекIуэкIащ атлетикэ хьэлъэмкIэ ныбжьыщIэхэм я урысейпсо зэхьэзэхуэ. Илъэс 15-м къыщыщIэдзауэ 23-м зи ныбжьыр нэблагъэ спортсменхэр щIэбэнащ Европэм и зэхьэзэхуэм кIуэну Iэмал ягъуэтыным.
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ щIалитIым зэхьэзэхуэм пашэныгъэр щаубыдащ. Зи хьэлъагъыр килограмм 73-м нэблагъэ Къаскъул Аслъэн двоеборьемкIэ зэхэту килограмм 298-рэ къиIэтащ.
КъыкIэлъыкIуэ дыщэ медалыр зыIэригъэхьащ килограмми 109-м нэблагъэ Балаев Хас-Магомед. Псори зэхэту абы къиIэтащ килограмми 360-рэ.
Чемпионхэр ягъасэ Щауэ МуIэедрэ Жаппуев Магомедрэ.
Жыласэ Замир.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2028.txt"
} |
КIэух зэIущIэм хэтынухэр зэхагъэкI
Дзюдо
Урысейм и щIалэгъуалэм и V гъэмахуэ спартакиадэм и етIуанэ Iыхьэм хиубыдэу Налшык дэт Универсальнэ спорт комплексым щекIуэкIащ дзюдомкIэ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и зэхьэзэхуэ. Абы и саугъэтхэм щIэбэнащ 2002-2004 гъэхэм къалъхуа щIалэрэ хъыджэбзу 70-м щIигъу.
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ спортсменхэм зэхьэзэхуэм медаль зэмылIэужьыгъуибл къыщахьащ. Зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр щаубыдащ Кабуловэ Миланэ (кг 70), Шормэн Элеонорэ (кг 44-рэ), Архэст Iэмал (кг 100). Дыжьын медалхэр къахьащ Къанокъуэ Арианнэ (кг 52-рэ), Уянаев Ислъам (кг 90), Балъкъыз Залым (кг 100-м щIигъу) сымэ. Домбеякъыр зыIэригъэхьащ Тау Артур (кг 55-рэ).
Гуп зэхьэзэхуэм КъБР-м и командэ къыхэхам ещанэ увыпIэр щиубыдащ.
Зэпеуэм дыщэ медаль къыщызыхьахэр хэтынущ Урысей щIалэгъуалэм я гъэмахуэ Спартакиадэм и кIэух зэхьэзэхуэхэм.
Жыласэ Замир.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2029.txt"
} |
ЩIалэгъуэм, дахагъэм, творчествэм я махуэшхуэ
Урысей студентхэм я махуэр, сыт щыгъуи хуэдэу, гъэщIэгъуэну, гуимыхужу щIышылэм и 25-м щагъэлъэпIащ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым.
Хабзэ зэрахуэхъуам тету, махуэшхуэр къызэIуахащ лъэпкъ шхыныгъуэхэм я гъэлъэгъуэныгъэкIэ. КъБКъУ-м щэнхабзэмкIэ и центрищми социально-гуманитарнэ институтым и пэIущIэ пэшышхуэм деж къыщаухуат шхыныгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ узэда Iэнэшхуэхэр. Дэтхэнэми Iэмал иIащ адыгэ лэкъумхэр, балъкъэр хъыршынхэр, урыс дэлэнхэр, нэгъуэщI лъэпкъхэми я шхынхэр зыIуагъэхуэну. Ахэр, шэч хэмылъу, гурыхьт, хъурымэ-жьэрымэхэр къахихырт.
Сокуров Александр и творческэ лъэщапIэм студентхэм гуапэу щехъуэхъуащ хьэщIэ лъапIэхэр.
«Фэрэ фи егъэджакIуэхэмрэ я фIыгъэкIэ КъБКъУ-м къэралым цIыхухэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ егъэгъуэтын и IэнатIэм увыпIэфI щиIыгъщ. Бисмарки зэрыжиIауэ, феджэ, лIэщIыгъуэ зи кIыхьагъ гъащIэ къыфпэщылъым хуэдэу, икIи фыпсэу, пщэдейрей махуэр фи иужьрейуэ щытым хуэдэу. ЕхъулIэныгъэ, гукъыдэж фиIэну!» - захуигъэзащ щIалэгъуалэм КъБКъУ-м и ректорым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ, еджапIэ нэхъыщхьэм стратегие зыужьыныгъэмкIэ и проректор Къущхьэ Хъусен.
Депутатхэм къабгъэдэкIыу студентхэм ехъуэхъуащ КъБР-м и Парламентым Егъэджэныгъэмрэ щIалэгъуалэ политикэмкIэ и комитетым и унафэщI Азычэ Светланэ: «Щыуагъэхэм фащымышынэ, фытегушхуэ, IуэхущIэхэм зефпщыт, япэкIэ фыкIуатэ».
ЕхъулIэныгъэ яIэну, я хъуэпсапIэхэр нахуапIэ хъуну щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ ехъуэхъуащ республикэм цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Къумыкъу Iэуесрэ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и профсоюз организацэхэм я зэгухьэныгъэ» союзым и лIыкIуэ Вэрокъуэ Ларисэрэ.
Абы и ужькIэ зи зэфIэкIкIэ къыхэжаныкIа студентхэм щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр иратащ.
ИкIэм-икIэжым къэсащ зэхуэсым кърихьэлIахэм я нэ къызыхуикI, нэхъыбэ дыдэу зыпэплъа Iуэхури - КъБКъУ-м и студент пщащэ нэхъ дахэр, гуакIуэр, щIыкIафIэр къыхэхыным теухуа зэпеуэм щIидзащ. Пщащэхэм къадэщI гупхэр зэрызехьэрт, щхьэж зи телъхьэр ягъэгушхуэну хэту.
Мы гъэм зэпеуэм къэрал зэхуаку мыхьэнэи иIэ хъуат - зи зэфIэкI зыгъэлъэгъуэну пщащэхэм яхэтт Индием щыщ хъыджэбзи. ЗэIущIэм кърихьэлIахэр хъыджэбзхэм къыдахьэхащ я гуакIуагъкIэ, акъыл жанагъкIэ, ябгъэдэлъ щIэныгъэмрэ IэкIуэлъакIуагъэмкIэ, къызыкъуаха зэчийхэмкIэ. Абыхэм гъэхуауэ жэуап иратащ зыкъызэрыхуагъэза упщIэхэм, къэфащ, усэхэм къеджащ. Дизайнер ныбжьыщIэ Сэралъп Лалинэ и IэдакъэщIэкI, лъэпкъ фэилъхьэгъуэхэм къытрищIыкIа бостейхэр ящыгъыу пщащэхэр утыку къыщихьари гуимыхужт.
КъэпщытакIуэ гупым хэтащ КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм щIалэгъуалэ политикэмкIэ и управленэм и унафэщI Аулъэ Ахьмэд, КъБКъУ-м и студентхэмрэ и аспирантхэмрэ я профсоюз комитетым и унафэщI Бозий Ислъам, уэрэджыIакIуэ Третьяк Татьянэ, Кулиев Къайсын и цIэр зезыхьэ Балъкъэр къэрал драмэ театрым и актёр, режиссёр Мезиев Iэубэчыр, Эверест къуршым дэкIа Мэз Каринэ сымэ.
И пIалъэр къэсри, жюрим хэIущIыIу ищIащ и унафэр. Абыхэм къызэралъытамкIэ, зэпеуэм хэта пщащэ псори - Схвитаридзе Миланэ, Щэныбэ Лианэ, Чучуевэ Лейлэ, Бегиевэ Бэллэ, Сингх Суприйа, Куржы Ленэ, Къэзанш Илянэ сымэ - утыкум дахэу итащ икIи дэтхэнэми хуэфащэу къалъытэ цIэ зырызыххэ фIащащ.
Абы нэмыщI, зэпеуэм еплъахэм нэхъ ягу ирихьащ Чучуевэ Лейлэ икIи саугъэт хэха иратащ. Вице-мисс хъуащ Щэныбэ Лианэ. КъБКъУ-м щеджэ пщащэхэм я нэхъ пажэу къалъытэри, абы щыхьэт техъуэ тажыр мы гъэм иратащ Сингх Суприйа.
КъБКъУ-м и пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "203.txt"
} |
Пашэр Мэзыхьэ Разиуанщ
Бокс
Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм щекIуэкIащ боксымкIэ къэралпсо зэхьэзэхуэхэр. «Динамо» урысей физкультурэ спорт зэгухьэныгъэм къызэригъэпэща зэпеуэм щытекIуахэм Iэмал къахукъуэкIащ Урысейм и чемпионатым зыкъыщагъэлъэгъуэну.
ЗэпэщIэтыныгъэхэм хэтащ къэралым и щIыналъэ 19-м къикIа дунейпсо класс зиIэ спортым и мастеру 8, Урысей спортым и мастеру 36-рэ - псори зэгъусэу спортсмени 100-м щIигъу. Нэхъ удэзыхьэхыу щытар кIэух зэпэщIэтыныгъэхэрщ. Я хьэлъагъ елъытауэ гуэша гупипщIым хэта спортсменхэм зэIущIэ гуащIэхэр, гукъинэжхэр ягъэлъэгъуащ.
Зи хьэлъагъыр килограмм 81-м нэблагъэхэм я зэхьэзэхуэм дыщэ медалыр щызыIэригъэхьащ Мэзыхьэ Разиуан. Зыхэта гупхэм ещанэ щыхъуащ Къалэжьокъуэ Къантемыр (кг 69-м нэблагъэ), КIыщ Залым (кг 81-м нэблагъэ), Тхьэщыгъуей Ислъам (кг 91-м щIигъу) сымэ.
Гуп зэпеуэм пашэ щыхъуащ Тэтэрстаным къикIахэр. Абыхэм къакIэлъокIуэ шэшэн боксёрхэр. «Динамо»-м КъБР-м щиIэ и къудамэр ещанэщ.
ТекIуахэм Iэмал ягъуэтащ шыщхьэуIум Кемеровэ щекIуэкIыну боксымкIэ Урысейм и чемпионатым хэтыну.
Жыласэ Замир.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2030.txt"
} |
Япэ Iыхьэм щытокIуэ
Мас-рестлинг
Узбекистаным и Хивэ къалэм щекIуэкIащ мас-рестлингымкIэ Дунейпсо кубокыр къэхьыным ехьэлIа зэхьэзэхуэм и япэ Iыхьэр (Азие къэралхэм я къыщыхах Iыхьэ зэIуха). Абы хэтащ Бангладешым, Таджикистаным, Узбекистаным, Къэзахъстаным, Украинэм, Венгрием, Къыргъызстаным, Пакистаным, Урысей Федерацэм щыщ спортсмен 200-м нэблагъэ.
Ди къэралым и командэ къыхэхам хэту зэпеуэм фIы дыдэу зыкъыщигъэлъэгъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ КъуэщIысокъуэ Кристинэ. Абы бэнэкIэ жыджэр къигъэлъэгъуащ икIи дэтхэнэ зэIущIэми 2:0-у щытекIуащ.
КъуэщIысокъуэр зыубыдар егъасэ Урысей Федерацэм мас-рестлингымкIэ ныбжьыщIэхэм я командэ къыхэхам и тренер Гъубж БетIал.
Жыласэ Замир.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2031.txt"
} |
Миланэ чемпионыр хегъащIэ
Тхэквондо
Тэтэрстаным и къалащхьэ Къэзан щекIуэкIащ Урысейм и щIалэгъуалэм я гъэмахуэ спартакиадэм хыхьэ тхэквондомкIэ кIэух зэхьэзэхуэр. Абы щызэхьэзэхуащ щIыналъэ зэпеуэхэм пашэныгъэр щызыубыда спортсменхэр.
Зи хьэлъагъыр килограмм 46-м нэблагъэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ Бекъул Миланэ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и щIыхьыр зэхьэзэхуэхэм щихъумащ. Къыщыхах зэпэщIэтыныгъэ хьэлъэхэм пхырыкIа ди лъэпкъэгъум финал зэIущIэм щыхигъэщIащ а хьэлъагъым Урысейм и балигъ гуп нэхъыщхьэм хэт, къэралым и иджырей чемпион, Мэзкуу щыщ Медведевэ Ларисэ икIи Спартакиадэм и дыщэ медалыр зыIэригъэхьащ.
Чемпионыр егъасэ Ахъмэт Амир.
Жыласэ Замир.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2032.txt"
} |
Налшык урысейпсо зэхьэзэхуэ щокIуэкI
Бокс
«Динамо» ВФСО-м и урысейпсо зэпеуэм хэтыну Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм къыщызэхуэсащ къэралым и щIыпIэ псоми къикIа боксёри 100-м щIигъу.
Иджыблагъэ зэхаубла зэхьэзэхуэм хуэдэхэр Налшык япэу щекIуэкIыу аракъым. Къапщтэмэ, щIымахуэ блэкIам мыпхуэдэ зэпеуэхэр ныбжьыщIэхэм ирагъэкIуэкIащ. Иджы чэзур балигъхэм къалъысащ икIи абы къыщыхэжаныкIхэм урысейпсо зэхьэзэхуэхэр къапоплъэ.
- Дэ сытым дежи дыхущIокъу Къэбэрдей-Балъкъэрым зэпеуэ инхэр щредгъэгъэкIуэкIыну. Нобэ утыку къихьэ щIалэщIэхэм ящыщ куэд хабзэхъумэ IэнатIэхэм къызэрытхыхьэнум шэч къытесхьэркъым. Ди фIэщ мэхъу ахэр я зэфIэкIкIи гъэсэныгъэкIи щапхъэу зэрыщытынур. ЗэрыфщIэщи, спортыр узыншагъэ къудейкъым, атIэ щэныфIагъэщ, Iэдэбагъщ, - жиIащ зэхьэзэхуэр къыщызэIуахым къэпсэлъа КъБР-м щыIэ МВД-м и министр, «Динамо» зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и унафэщI Павлов Василий.
«Динамо» ВФСО-м и цIэкIэ зэхьэзэхуэм хэтхэм фIэхъус псалъэкIэ захуигъэзащ абы и совет нэхъыщхьэм и тхьэмадэ Чумаков Валерий. «Налшык къэкIуащ дунейпсо класс зиIэ спортым и мастеру 8, Урысейм спортымкIэ и мастеру 36-рэ. Абы Iэмал къет дыщыгугъыну зэпеуэхэр гуащIэу икIи удэзыхьэхыу щытыну», - къыхигъэщащ Чумаковым.
Я хьэлъагъкIэ зэщхьэщыхауэ гупипщIым щызэпеуэнущ Налшык щекIуэкI зэхьэзэхуэм. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу абы боксёр пщыкIутху хэтщ икIи я текIуэныгъэхэм дыщогугъ.
Жыласэ Замир.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2033.txt"
} |
Туризмэм и къэунэхукIэ
1808-1892 гъэхэм псэуа инджылыз хьэрычэтыщIэ Томас Кук цIэрыIуэ зыщIар щIыпIаплъэхэр гупышхуэу зэзыгъэуIуу езышажьэ турист IуэхущIапIэ ди планетэм япэ дыдэу къызэрыщызэIуихарщ.
Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, а лъэхъэнэхэм хуэзэу, Инджылызым хуабжьу «зыщиужьырт» фадэ зи нэрыгъхэм я бжыгъэм. А зэманым ирихьэлIэу, Кук чыристан диным и зы къудамэу ябж баптист унэтIыныгъэу фадэ ефэныр зыгъэхьэрэмым и телъхьэ хъуати, еш жыхуаIэр имыщIэу, а Iуэху мыдахэм цIыхухэр къызэрыхишыным яужь итт.
Томас Кук, и пщэ дилъхьэжа къалэныр зэригъэзэщIэным хущIэкъу зэпытти, 1840 гъэм запищIащ езыр къыщыхъуа Дербишир щIыналъэм (Мельбурн къалэ) къыщызэIуахагъащIэ гъущI гъуэгур зейхэм. ИкIи, фадэм зыщызыдзейхэм я зэгухьэныгъэу зэхишам хэтхэр Лафборо къалэ цIыкIум щрагъэкIуэкIа зэхуэсым иришэлIауэ щытащ. ЗекIуэм хэтахэм иужьым зэрыжаIэжамкIэ, ар абыхэм я дежкIэ хуабжьу гукъинэжу къыщIэкIащ. Сыту жыпIэмэ, къызэгъэпэщакIуэм фадэр IэщIыб зыщIу гъусэ зыкъыхуэзыщIахэм гулъытэ ин яхуищIащ. Уеблэмэ, езым и ахъшэ тIэкIумкIэ къахуигъэхьэрычэта гъуэмылэри, гуапагъэ пылъу, ятригуэшат.
Ауэрэ здекIуэкIым, 1841 гъэм бадзэуэгъуэм и 5-м зи ныбжьыр илъэс 33-м нэблэгъа Томас Кук Инджылызым щызэхишащ ди планетэм щыяпэ турист зекIуэу цIыху куэд зыхэтар.
Зэрыхъуар аращи, Томас Кук и лъэIукIэ, Midland Counties Railway гъущI гъуэгу компанием къахуигъэхьэрычэтащ езым зэщIигъэуIуа цIыху 570-р зекIуэ зэрыришэжьэн вагон зэкIэрыщIахэр. МафIэгур ирижащ Инджылызым и курыхым щыIэ Лейстершир графствэм ит Лейстер, Лафборо къалэхэм я зэхуаку дэлъ гъуэгуанэ нэгузыужьым.
Иужьым, а къэралым и гъущI гъуэгу зэгухьэныгъэхэм ящыщу адрейхэми къаублащ (езыхэм я цIэхэри фIыкIэ зэрагъэIун Iэмалу зэрыщытыр я хьисэпу) уасэ зэгъ зытрагъахуэ билетхэр Томас Кук и турист IуэхущIапIэм иращэу. Ар и зы щхьэусыгъуэу, щIыпIаплъэхэм я бжыгъэр кIуэ пэтми нэхъыбэж хъууэ хуежьат.
Томас Кук тхылъхэр къыдэгъэкIыным пыщIа IэщIагъэми хуэIэзэти, «Фадэр IэщIыб зыщIахэм я зэхэзекIуэкIэ» зыфIища и журналри дунейм къытригъэхьащ. Абы къыдэкIуэуи, 1847 гъэм къызэIуиха «Турист жылагъуэ» зэгухьэныгъэм путёвкэ зэгъэпэщахэр ярищэу иригъэжьащ Инджылызым и мызакъуэу, нэгъуэщI къэралхэм къыщызыкIухьыну хуейхэми.
Апхуэдэ щIыкIэм тету ди планетэм къытехьащ къэралхэр зэлъэзыгъэIэс туризмэри. Къэдгъэлъагъуэмэ, 1850 гъэхэм къриубыдэу Европэм къыщыунэхуащ къалэу итхэм я нэхъыбэр зэпызыщIэ турист гъуэгуанэхэр. Иужьым «туризмэм и менеджер» зыфIаща IэнатIэу къэралхэр зэлъэзыгъэIэсри япэ дыдэу къэзыгупсысауэ щытар Томас Кукщ.
КЪУМАХУЭ Аслъэн.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2034.txt"
} |
Редактор нэхъыщхьэр яхъуэж
«Адыгэ псалъэ» республикэ газетым и редактор нэхъыщхьэу ягъэуващ Жыласэ Заурбэч Щэлэуат и къуэр. А хъыбарыр лэжьакIуэхэм жраIэну, илъэс 24-м нэблагъэкIэ газетым и унафэщIу лэжьа, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд фIыщIэ хуащIыну бадзэуэгъуэм и 1-м редакцэм къеблэгъат КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэдрэ республикэм щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдинрэ.
Къуэдзокъуэ Мухьэмэд къеджащ Жыласэ Заурбэч «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэм и къулыкъум зэрагъэувам теухуауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэм. Жыласэм и къулыкъум ехъулIэныгъэ иIэу пэрытыну ехъуэхъуа нэужь, адэкIэ абы къыхигъэщащ газетым и зыужьыныгъэм дяпэкIэ гулъытэ нэхъыбэ зэрыхуащIынур, псом хуэмыдэу республикэм адыгэбзэкIэ къыщыдэкI газет закъуэм и тиражыр къаIэтынымкIэ лэжьыгъэ пыухыкIахэр зэрырагъэкIуэкIынур.
- Илъэс куэдкIэ пщIэрэ щIыхьрэ иIэу газетым и редактор нэхъыщхьэ къулыкъур ирихьэкIащ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, - жиIащ Къуэдзокъуэм. - Лэжьыгъэшхуи ирихьэлIащ, и гуащIэшхуи хилъхьащ Iуэхум. Дэри дыщыгъуазэщ, фэри фи нэгу щIэкIащ абы IэнатIэм хуиIа бгъэдыхьэкIэр зыхуэдэм - езэш имыIэу, жыджэру и къалэным пэрытащ. ХьэфIыцIэм къыхилъхьа хабзэхэр евгъэфIакIуэу, газетым зевгъэужьу фи лэжьыгъэр ефхьэкIыну ди гуапэщ. Жыласэ Заурбэч Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкI журналистщ, шэч къытетхьэркъым ар и пщэрылъхэм зэрыпэлъэщынум.
ХьэфIыцIэ Мухьэмэд гупыр зы унагъуэм хуэдэу зэхэту, щIэуэ къыхилъхьэхэр къыдаIыгъыу, зэкъуэту зэрызэдэлэжьам и гугъу ищIащ.
- Псоми сахуэарэзыщ, - жиIащ абы. – Зыпэрыт Iуэхур фIыуэ зылъагъу, зи лэжьыгъэм хъарзынэу ехъулIэ, газетым и къэкIуэнумкIэ гудзакъэ зиIэ гупщ сызыхэтар. Заурбэч журналистикэм хуеджащ, и къалэнхэм и щIэныгъэкIи и акъылкIи пэлъэщынущ, къыщыщIидзар «Адыгэ псалъэ» газетырщ, гупым яхэтащ, я лэжьыгъэкIэ зэрыщIэу апхуэдэщи, Iуэхум фIыуэ ехъулIэнущ.
Жыласэм кърагъэза дзыхьым папщIэ фIыщIэ ищIри, жиIащ газетым и зыужьыныгъэм и зэфIэкIи, и гуащIи зэрыхилъхьэнур, япэ ита нэхъыжьыфI ХьэфIыцIэ Мухьэмэд къригъэжьа хабзэ дахэхэм пищэу, IуэхугъуэщIэхэри къыхалъхьэу «Адыгэ псалъэр» зэрыхъукIэ зэрыригъэфIэкIуэнур.
ЩхьэщэмыщI Изэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2035.txt"
} |
«Кавказым и гуащэ» Дзукаевэ Динарэ
Квказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и хэгъуэгухэм щыщ хъыджэбзхэр я зэфIэкI щеплъыжащ я дахагъэмрэ зэфIэкIхэмрэ щагъэлъагъуэ «Кавказым и гуащэ» цIэ лъапIэр къэхьыным теухуауэ Налшык къалэм и «Сосрыкъуэ» шхапIэм и утым щекIуэкIа фестиваль-зэпеуэм. Зэхьэзэхуэм пашэ щыхъуащ икIи «Кавказым и гуащэ» щIыхьыцIэр къыщыфIащащ Осетие Ищхъэрэ-Аланием хыхьэ Беслъэн къалэм щыщ Дзукаевэ Динарэ.
Зэхьэзэхуэр къызэрагъэпэщащ «Dakshin Production» медиахолдингымрэ «Fаshion 07» модель IуэхущIапIэмрэ, КъБР-м Курортхэмрэ туризмымкIэ и министерствэмрэ «9-я волна» лэпкъхэм зэдай спорт-нэгузыужь каналымрэ я дэIэпыкъуэгъуу. Абы я зэфIэкI щеплъыжащ Кавказ Ищхъэрэм и хэгъуэгухэм - Мин-Воды , Ставрополь крайм, Осетие Ищхъэрэ-Алание, Къэбэрдей-Балъкъэр, Дагъыстэн республикэхэм - щыщ пщащибл - Тарасенкэ Аннэ, Лысенкэ Еленэ, Дзукаевэ Динарэ, Вындыжь Иринэ, Мер Илонэ, ГъущIо Каринэ, Бекузаровэ Iэминэ сымэ.
КъэпщытакIуэ гупым хэтащ модель IуэхущIапIэхэмрэ щэнхабзэ центрхэмрэ я лIыкIуэхэр, егъэджэныгъэм, спортым, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэ цIэрыIуэхэр, жылагъуэм щыщхэр, дахагъэмкIэ зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэм пашэ щыхъуахэр. Абыхэм къапщытащ пщащэхэм я Iущагъыр, творческэ зэфIэкIхэр, лъэпкъ шхыныгъуэхэр зэрапщэфIыфыр. КъищынэмыщIауэ, хъыджэбзхэм я лъэпкъ фащэхэмрэ къафэхэмрэ ягъэлъэгъуащ, Кавказым щызекIуэ хабзэхэм, лъэпкъ щэнхабзэм, классикэ макъамэхэм зэрыщыгъуазэр ягъэнэIуащ, усэ къеджащ, уэрэд жаIащ. Къыхэгъэщыпхъэщ пщащэхэм екIуу зэрызыкъагъэлъэгъуар, зэпеуэр езыгъэкIуэкIым и упщIэхэм хуэфащэ жэуап зэрыратар.
Iуэхур къызэзыгъэпэщахэм ящыщ Дохъушокъуэ Каринэ жиIащ фестивалыр мы гъэм етIуанэу зэрырагъэкIуэкIыр икIи ар зи жэрдэмхэм я къалэн нэхъыщхьэр Кавказым ис пщащэхэм я дахагъэр нэхъыбэу зыхалъагъуэр я нэмысыфIагъэмрэ щэныфIагъэмрэу зэрыщытыр утыку щагъэлъэгъуэнырщ. Хабзэ зэрыхъуауэ, Кавказым щрагъэкIуэкI зэпеуэхэр пщащэхэм я дахагъэ къудейркъым зытрагъащIэр, атIэ, Iущагъымрэ зэфIэкIымрэ къыдэкIуэу, я лъэпкъ хабзэмрэ щэнхабзэмрэ зэрыщыгъуазэми мыхьэнэшхуэ щрат.
- СэркIэ нэхъыщхьэр сызыщыщ республикэм сыхуэфащэу зыкъэзгъэлъэгъуэнырт. Зэпеуэм и Iыхьэхэм ящыщ зым утыку къыщисхьащ осетин хьэгъуэлIыгъуэм ехьэлIа хабзэр - нысащIэм щхьэтепхъуэр зэрытрахымрэ «Хонга Кафт» лъэпкъ къафэмрэ, - жеIэ Дзукаевэ Динарэ. – Апхуэдэу згъэлъэгъуащ ди лъэпкъ дэлэнхэм щIыгъуу ди щIыналъэм щащI сырэр. Зэхьэзэхуэр щIэщыгъуэу икIи гукъинэжу екIуэкIащ. Абы хыхьэу къызэдгъэпэща зэхыхьэ нэгузыужьхэр, псом хуэмыдэу бгым дызэрыдэкIар, щIэх сщыгъупщэжынукъым. Зэпеуэм хэтахэр ныбжьэгъу дызэрызэхуэхъуар уасэншэщ.
Япэу апхуэдэ зэпеуэ зэрыхыхьами емылъытауэ, абы хэта и хьэрхуэрэгъухэм япэ ища хъыджэбзыр зэрыцIыкIурэ щIэхъуэпсырт лъэпкъ къафэхэмкIэ IэщIагъэ зригъэгъуэтыну икIи сабийхэр къафэ гъуазджэм хуигъэсэну. А хъуэпсапIэми лъэIэсауэ жыпIэ хъунущ ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым къафэм щыхуеджэ Дзукаевэр. КъищынэмыщIауэ, Динарэ уэрэд жыIэным, спортым, фортепианэм дахьэх. Абы зэрыжиIамкIэ, зыкъэзыгъэлъэгъуа пщащэхэм ефIэкIыу къэпщытакIуэхэм къызэралъытар зыпэмыплъа гуфIэгъуэт икIи а ехъулIэныгъэр хуабжьу гуапэ щыхъуащ. Аращ дяпэкIи пщащэхэм я дахагъэмрэ зэфIэкIхэмрэ щагъэнаIуэ зэпеуэхэм и зэфIэкI щеплъыжыну тезыгъэгушхуэри.
Зи дахагъэр, Iущагъыр, зэфIэкIыр къалъыта, саугъэт лъапIэхэр зыхуагъэфэща Дзукаевэ Динарэ ирагъэблэгъэнущ мы гъэм къриубыдэу ирагъэкIуэкIыну псапэ Iуэхухэмрэ лъэпкъ щэнхабзэм зегъэужьыным ехьэлIауэ «Dakshin Production» IуэхущIапIэм къыхилъхьэ проектхэмрэ.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2036.txt"
} |
ЩIыналъэм щыIэ эпидемиологие щытыкIэр
Къэрал къулыкъущIапIэхэм
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек бадзэуэгъуэм и 6-м иригъэкIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ эпидемиологие щытыкIэм теухуа зэIущIэ.
Абы хэтащ «Роспотребнадзор»-м и Управленэу КъБР-м щыIэм и унафэщI Пагуэ Жыраслъэн, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хъубий Марат, КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам, муниципальнэ зэгухьэныгъэхэм я Iэтащхьэхэр.
COVID-19 узыфэр къызэрежьэрэ республикэм щыщу ар цIыху 25178-м къащеуэлIауэ ятхащ 2021 гъэм бадзэуэгъуэм и 6-м ирихьэлIэу, иужьрей жэщ-махуэм цIыху 48-м къапкърыхьащ. Мы зэманым госпиталхэм медицинэ дэIэпыкъуныгъэ щагъуэт сымаджэ 459-м, абыхэм ящыщу 59-р реанимацэхэм щIэлъщ. ГоспиталитIым псори зэхэту гъуэлъыпIэ 580-рэ щIэтщ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым вакцинэр цIыху 78930-м щыхалъхьащ, етIуанэ хэIугъуэр 43284-м ирахьэлIащ. Зы тхьэмахуэ зэхуакум къриубыдэу мастэр цIыху мин 14-м щIигъум зыхрагъэлъхьащ.
Зыгъэпсэхугъуэ махуэ ямыIэу республикэм щолажьэ мастэ щыхаIу щIыпIэ 51-рэ, зи ныбжь хэкIуэтауэ е я узыншагъэм къимыхьу абыхэм емыкIуэлIэфхэм, апхуэдэу IуэхущIапIэхэм медицинэ лэжьакIуэхэр кIуэурэ халъхьэ мастэр. Мы зэманым цIыхухэм хаIу «Спутник-V» урысей вакцинэр. Бадзэуэгъуэм и пэщIэдзэм республикэм апхуэдэу мастэ 8800-рэ къаIэрыхьащ, ахэр вакцинэ щыхалъхьэ щIыпIэхэм трагуэшащ. Коронавирусым пэщIэт мастэ иджыри республикэм къыхуэкIуэнущ.
КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2037.txt"
} |
IэмэпсымэщIэхэр къаIэрохьэ
Налшык къалэ дэт поликлиникэ №1, №2-хэм, Республикэ сабий клиникэ сымаджэщым и поликлиникэ къудамэм фIагъышхуэ зиIэ иджырей эндоскоп Iэмэпсымэхэр къаIэрыхьащ. Апхуэдэу абыхэм зэрыкIэлъыплъыну, зэрагъэкъэбзэну аппаратхэри къащэхуащ. Эндоскопхэм зэрырилэжьэным зыхуагъэхьэзыру, дохутырхэм я Iэзагъэми хагъэхъуащ.
Лъатэм, кIэтIийм епха узыфэхэр щыуагъэншэу икIи и чэзум къахутэфынущ IэмэпсымэщIэхэм я фIыгъэкIэ, абы ипкъ иткIэ сымаджэм зыхуэныкъуэ Iэзэгъуэр нэхъ псынщIэу игъуэтыфынущ.
Медицинэ Iэмэпсысэхэр къащэхуащ КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм узыншагъэр хъумэн IэнатIэм япэ дэIэпыкъуныгъэр цIыхухэм щыхуащIэ и IуэхущIапIэхэр егъэфIэкIуэнымкIэ программэм ипкъ иткIэ.
КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам зэрыжиIамкIэ, республикэм и цIыхухэм нэгъэсауэ медицинэ Iэхутхьэбзэхэр зэрыхуащIэным хуэгъэпсащ поликлиникэхэмрэ амбулаторэхэмрэ щрагъэкIуэкI зыужьыныгъэ лэжьыгъэхэр икIи а IуэхущIапIэхэр егъэфIэкIуэныр IэнатIэм къащыпэщыт къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ. Апхуэдэу министрым жиIащ иджырей эндоскоп IэмэпсымэхэмкIэ республикэм ит поликлиникэри абыхэм я къудамэхэри къызэрызэрагъэпэщынур.
ЩхьэщэмыщI Изэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2038.txt"
} |
«Спартак-Налшыкым» и пашэхэр хокI
2021 - 2022 гъэхэм Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым щекIуэкIыну зэхьэзэхуэм зыхуэгъэхьэзырын щIидзащ «Спартак-Налшыкым». Ди жагъуэ зэрыхъущи, абы хэкIыжащ ди командэм и капитан, республикэм и футболист нэхъыфIу нэгъабэ журналистхэм къалъыта Пащты Русланрэ куэдкIэ узыщыгугъ хъун щIалэщIэхэу Iэпщацэ Маратрэ дэхъу Ислъамрэ.
«Спартак-Налшыкым» и пашэхэм ящыщ зыр зэрыхэкIыжымкIэ хъыбар къэIуащ 2020 - 2021гъэхэм екIуэкI зэхьэзэхуэр иухыным иджыри мазэ иIэжу. Ростов областым и щIыхьыр ихъумэу Урысей Федерацэм футболымкIэ и япэ дивизионым зыкъыщызыгъэлъагъуэ Песчанокопскэм и «Чайка» командэм илъэситIкIэ хэтыну зэгурыIуэныгъэм Iэ тридзащ «Спартак-Налшыкым» и гъуащхьэхъумэныкъуэ Iэпщацэ Марат.
Ар къыщалъхуари топ джэгуным зыщыхуигъэсари Налшыкщ. И ныбжьыр илъэс пщыкIуплI щыхъум, Краснодар ирагъэблагъэри, Галицкий Сергей и футбол академие цIэрыIуэм адэкIэ и зэфIэкIым щыхигъэхъуащ. Ар къиуха иужькIэ, къигъэзэжри, «Спартак-Налшыкым» джэгун щыщIидзащ икIи псынщIэ дыдэу зыкъызыкъуихащ.
Абы щыгъуэм илъэс пщыкIуий зи ныбжь Iэпщацэ Марат лъэ быдэкIэ губгъуэм къызэрихьам и щыхьэтщ Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым 2018 - 2019 гъэхэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэм ди командэм и щIыхьыр ихъумэу зэIущIэ 24-рэ зэрыригъэкIуэкIар. IэщIагъэлIхэм и джэгукIэр хуабжьу ягу ирихьащ - аращ къэралым и ныбжьыщIэ гуп къыхэхам щIраджари.
ФИФА-м и вице-президенту щыта Гранаткин Валентин и цIэкIэ къызэрагъэпэща XXXI дунейпсо зэхьэзэхуэ 2019 гъэм мэкъуауэгъуэм и 4 - 14-хэм Санкт-Петербург щекIуэкIащ. Iэпщацэ Марат здрагъэблэгъа, гъуащхьауэ цIэрыIуэу щыта Кержаков Александр зи тренер нэхъыщхьэ Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ ныбжьыщIэ командэ къыхэхам хьэрхуэрэгъу къыхуэхъуат Ираным, Аргентинэм, Армением я гуп лъэщхэр. Ди лъахэгъум абыхэм фIы дыдэу зыкъыщигъэлъэгъуащ. Уеблэмэ, Iэпщацэм дигъэкIа топым и фIыгъэкIэ Армением и командэ къыхэхар хагъэщIащ. Ебланэ дакъикъэм абы и хьэрхуэрэгъум топыр къытрихащ икIи гъуащхьэхъумэхэм яIэщIэкIри, бжыгъэр къызэIуихащ.
Урысей Федерацэм и етIуанэ ныбжьыщIэ командэ къыхэхар зыхэт гупым щытекIуахэм ящыщ зы хъури, финал ныкъуэм нэсащ. Абы къыщыпэщIэува ди къэралым и япэ гупыр къызэрыпэлъэщар зэIущIэ нэужь пенальтихэмкIэщ.
КъищынэмыщIауэ, а махуэ дыдэхэм Iэпщацэ Марат ираджат етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым и командэ къыхэхам. Профессионал Футбол Лигэм и «Переправа» кубокыр къэхьынымкIэ зэхьэзэхуэм адыгэ щIалэщIэр ирагъэблэгъат, арщхьэкIэ Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ ныбжьыщIэ командэ къыхэхам щыджэгуным нэхъ пщIэ иIэу къалъытэри, и гъэсакIуэхэм ар япэ ирагъэщащ.
Гранаткин Валентин и цIэкIэ щыIа XXXI дунейпсо зэхьэзэхуэм набдзэгубдзаплъэу хущыта къэралым и чемпион «Зенит»-м и тренерхэм Iэпщацэм и джэгукIэр хуабжьу ягу ирихьащ икIи я щIалэгъуалэ гупым дэщIыгъуу зигъэсэну Iэмал къратащ, нэгъуэщI ди лъахэгъу Жылэ Ислъам дэщIыгъуу.
Мазэ ипэкIэ зэфIэкIа Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым щекIуэкIа зэхьэзэхуэми Iэпщацэ Марат щынэхъыфIахэм ящыщщ. «Спартак-Налшыкым» хэту ар зэIущIэ 29-м къыщихьащ икIи я хьэрхуэрэгъухэм топищ щахудигъэкIащ.
Гъуащхьэхъумэныкъуэ Iэпщацэ Марат иужьрей зэманым футболым лъэбакъуэ лъэщхэр зэрыщичам шэч хэлъкъым. Ди гуапэщ иджы зыхыхьа Песчанокопскэм и «Чайка»-м хэту адэкIи и ехъулIэныгъэхэмкIэ Урысей Федерацэм футболымкIэ и япэ дивизионым дыщигъэгуфIэмэ, адрей ди лъахэгъухэу Мэшыкъуэхэ Ислъамрэ Хьэчимрэ, Къалмыкъ Амур, Аппаев Хъызыр сымэ хуэдэу.
Iэпщацэ Марат и лъэужьыр кIэщIу ихуащ «Спартак-Налшыкым» и капитан Пащты Руслан. Иджы абы и щIыхьыр ихъумэнущ Таганрог и «Форте»-м. А гуп дыдэм хыхьащ иджыблагъэ Новороссийск и «Черноморец»-м щыджэгуа ди лъахэгъу Машэжь Ратмир. Нэрылъагъущ таганрогдэсхэм командэ лъэщ зэрызэхуашэсыр икIи увыпIэ лъагэхэм зэрыщIэбэнынур.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм къыщалъхуа икIи топ джэгуным зыщыхуезыгъэса Пащты Руслан Налшык и «Мегафон-Кавказ»-м къыщыщIидзащ, республикэм и чемпионатым хэту. 2009 гъэм Мэзкуу и «Динамо»-м и футбол школ цIэрыIуэм щIэтIысхьащ икIи абы и щIалэгъуалэ гупым хэту илъэситIкIэ джэгуащ. ИтIанэ Новгород Ищхъэрэм и «Волга»-м и щIыхьыр ихъумащ. Япэ дыдэу ар къыщыхъуар 2011 гъэм фокIадэм и 21-ращ: Урысей Федерацэм футболымкIэ и кубокыр къэхьыным теухуа зэхьэзэхуэм ипкъ иткIэ Мэзкуу и «Спартак»-м къэралым и къалащхьэм и «Лужники» стадионым екIуу щыпэщIэтащ. Абы щыгъуэм зэIущIэм хухаха зэман нэхъыщхьэри къыщIагъуа сыхьэт ныкъуэри зэрытемыгъэкIуауэ, 1:1-уэ, иухащ. Апхуэдэу щыхъум, метр пщыкIузым и деж щыту нэхъ лъэщыр зэхагъэкIын хуей хъуащ. Дакъикъи 120-м щIигъукIэ а зэIущIэм джэгупIэ губгъуэм ита Пащты Руслан кърагъэза дзыхьыр игъэпэжащ икIи и пенальти Iыхьэр дэгъуэу игъэзэщIащ. АрщхьэкIэ къыдэджэгухэм ящыщ зы къэдзыхэри, 5:6-уэ зыхэт гупыр къыхагъэщIащ.
А гъэ дыдэм и жэпуэгъуэм премьер-лигэм япэу зыкъыщигъэлъэгъуащ. Абы и Iуэхухэр щефIэкIуэну къыщIэкIынут, мыгувэу фэбжь хьэлъэ имыгъуэтамэ.
Зыгъэхъужыным Руслан зэман кIыхь тригъэкIуэдащ икIи и зэфIэкIым кIэригъэхуащ. Арати, Дзержинск, Курск, Саратов къалэхэм я командэхэм щыджэгуащ. 2017 гъэм Налшыки къигъэзэжащ, арщхьэкIэ Санкт-Петербург и «Динамо»-м мыгувэу ирагъэблагъэри, тхэкIыжащ.
Урысей Федерацэм футболымкIэ и премьер-лигэм хэта ди щIалэхэу Мырзэ Резуан, Щэуей Алихъан, Гордюшенкэ Астемыр, Къалмыкъ Амур сымэ 2018 гъэм гъусэ яхуэхъуфынут Пащты Руслан. А илъэсым абы къыщыкIэлъыплъащ Мэзкуу и «Динамо»-м.
Пащтыр Мэзкуу иригъэблэгъэжат «Динамо»-м и щIалэгъуалэ командэм щызыгъасэу щытауэ иджы балигъхэм я тренер нэхъыщхьэ хъуа Хохлов Дмитрий. Нэхъапэм зэрыдэлэжьам къыхэкIыу Руслан и зэфIэкIхэр абы хъарзынэу ищIэрт икIи хуэфэщэну зыкъигъэлъагъуэмэ, къищтэну хьэзырт.
Илъэс 25-рэ зи ныбжь Пащтым и къару илъыгъуэт. Абы и зэфIэкIхэр зэрылъагэм щыхьэт техъуат «Динамо»-м хэту Румынием и «Газ-Метан»-мрэ Литвам и «Стумбар»-мрэ щыдэджэгуа зэныбжьэгъугъэ зэIущIэхэм. Мэзкуудэсхэр япэм 1:0-у щытекIуат, адрейм 0:0-у бгъэдэкIыжат. АрщхьэкIэ Руслан премьер-лигэм къащтэным теухуа унафэр куэд дыдэм елъытат икIи хъыбарыфIхэм дыпэплъэрт. Ди жагъуэ зэрыхъущи, фэбжь зэриIауэ щытахэр къалъытэри, зэкIэ зэхагъэхьакъым. Абы щыгъуэми жыжьэ яутIыпщакъым икIи къэралым и къалащхьэм пэмыжыжьэу къагъанэри, япэщIыкIэ «Муром», къыкIэлъыкIуэу Мэзкуу и «Арарат» командэхэм яхэтащ. АпщIондэхукIэ, къыщIэупщIауэ щыта Хохлов Дмитрий тренер нэхъыщхьэ къулыкъум трагъэкIри, псори къызэтекъутэжащ. Апхуэдэу щыхъум, «Спартак-Налшыкым» аргуэру къэкIуэжащ.
Дэнэ щIыпIэ щымыджэгуами, Пащты Руслан Iэзэу, къикIуэт зымыщIэу зыкъигъэлъэгъуащ. Аращ налшыкдэсхэм я вице-капитану занщIэу щIыхахари, Къэбэрдей-Балъкъэрым и футболист нэхъыфIу журналистхэм нэгъабэ къыщIалъытари.
Зэгуэрым «Спартак-Налшыкым» и тренер нэхъыщхьэу щыта Ташуев Сергей зи пашэ «Чайка»-м хъарзынэу хэзагъэ хуэдэщ Iэпщацэ Марат. Ар жыджэру хэтащ песчанокопскэдэсхэм иджыблагъэ ирагъэкIуэкIа зэIущIитIми. Уеблэмэ, зым, Владикавказ и «Алания»-м щыдэджэгуам, ди лъахэгъум и фIыгъэкIэ «Чайка»-м топ дигъэкIащ. АрщхьэкIэ Iуэхур къызэIищIэфынущ зэIущIэм кърикIуэнумкIэ пасэу я хьэрхуэгъухэм ягурыIуэу щытауэ къыщIагъэща Песчанокопскэм и командэр етIуанэ дивизионым кърагъэкIуэтэхыну унафэ къызэращтам.
«Спартак-Налшыкым» хокIыж Новороссийск и «Черноморец»-м Iэпхъуэ Дэхъу Ислъами. Ди командэм хэту абы зэIущIэ 74-рэ иригъэкIуэкIащ икIи я хьэрхуэрэгъухэм топи 3 яхудигъэкIащ.
Жагъуэ къытщыхъуращи, Iэпщацэри, Пащтыри, Дэхъури налшыкдэсхэм яхокIыж зы соми къыпэмыкIуэу. Абыхэм дращIылIауэ щыта зэгурыIуэныгъэхэм я пIалъэр икIащ.
Абдежми къыщыувыIэну фэ теткъым «Спартак-Налшыкым» и хэщIыныгъэхэм. Ди командэм дращIылIауэ щыта зэгурыIуэныгъэм зи пIалъэр икIа щIалэ зыбжанэ нэгъуэщI гупхэмкIэ йоплъэкI. Куэд елъытауэ щытынущ налшыкдэсхэм я тренер нэхъыщхьэу ягъэувынур хэтми. ЗэкIэ гупым зегъасэ Шакъ Азэмэт и унафэм щIэту.
ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, «Спартак-Налшыкыр» зыхэтыну Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым щекIуэкIыну зэхьэзэхуэм бадзэуэгъуэм и 17 - 19-хэм щIидзэнущ. Абы и пэ махуэ зыщыплIкIэ щыIэнущ къэралым и кубокыр къэхьыным ехьэлIа зэпеуэм и финалым и 1/256 Iыхьэм хыхьэ зэIущIэхэр.
ДяпэкIэ «Чайка»-м зыкъыщызыгъэлъэгъуэну Iэпщацэ Марат.
Пащты Руслан «Форте»-м ирагъэблагъэ.
Дэхъу Ислъам иджы Новороссийск щыджэгунущ.
«Спартак-Налшыкым» къыкIэлъыкIуэ зэпеуэм зыхуэгъэхьэзырын щIидзащ.
Хьэтау Ислъам.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2039.txt"
} |
Я лэжьыгъэр къапщытэж
Урысей МЧС-м и Iэтащхьэ Зиничев Евгений лэжьыгъэ IуэхукIэ щыIащ Ставрополь крайм и Железноводск къалэм. Абы щригъэкIуэкIа зэIущIэм къыщапщытэжащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым КъэхъукъащIэ шынагъуэ къэмыгъэхъунымкIэ, абыхэм я Iэужьхэр гъэкIуэдыжынымкIэ зыуэ щыт къэрал IэнатIэм (РСЧС) илъэс кIуам и лэжьыгъэм кърикIуахэр. Апхуэдэуи абы щаубзыхуащ 2019 гъэм къапэщыт къалэнхэр.
ЗэIущIэм хэтащ Урысей МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм и унафэщI Надёжин Михаилрэ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ КIэрэф Муратрэ.
Министр Зиничев Евгений жиIащ цIыхухэр куэду здэщыIэ щIыпIэхэм фIэкIыпIэ зимыIэ страхованэ щыгъэувыным зэрителъхьэр, сатуущI центрхэри хыхьэу, ахэр зейм IуэхущIапIэр мафIэсым щыхъумэнымкIэ яхь жэуапыр къагурыгъэIуэн папщIэ.
ЗэIущIэм къыщыхалъхьащ цIыху куэд здэщыIэ щIыпIэхэр зыIэзыбжьэу къэпщытэныр хабзэкIэ щIэгъэбыдэн хуейуэ. ЗэкIэ зэрыщытыращи, мафIэсым кIэлъыплъ IэнатIэм япэщIыкIэ IуэхущIапIэр зейм ар къызэрапщытэнумкIэ хъыбар ирегъащIэ махуэ зыбжанэ и пэ иту.
Апхуэдэу зэIущIэм щытепсэлъыхьащ «КъэхъукъащIэ шынагъуэ къэмыгъэхъун» программэ къуэдзэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щызэхалъхьам. Ар нэхъ зэгъэщIылIар Бахъсэн псыр къиункIэ зэрыхъунум зыщыхъумэнырщ. Программэм арэзы техъуащ Урысейм и Президентыр икIи, УФ-м Кавказ Ищхъэрэм и IуэхухэмкIэ и министерствэр хэту, КИФЩI-м и щIыналъэм а Iуэхур зэфIихын папщIэ япэ дыдэу ахъшэ къыхуаутIыпщащ. Псори зыхуэгъэзар къулейсызыгъэхэм я Iэужьхэр гъэкIуэдыжыныркъым, атIэ ахэр къэмыгъэхъунырщ.
ЗэIущIэм и кIэухым министр Зиничев Евгений дамыгъэ лъапIэхэр зыхуагъэфэщахэм яритащ.
Урысей Федерацэм и Президентым и УказкIэ «За спасение погибавших» медалыр къыхуагъэфэщащ Урысей МЧС-м и Iуащхьэмахуэ бгылъагэ къэлъыхъуакIуэ-къегъэлакIуэ гупым 1-нэ класс зиIэ и къегъэлакIуэ Хаджиев Азнор.
Урысей МЧС-м «За содружество во имя спасения» и медалыр иритащ Урысей МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм КъэхъукъащIэ шынагъуэхэмкIэ и IуэхущIапIэм и унафэщI Тау Аслъэн.
Ди лэжьэгъухэм къыхуащIа гулъытэм папщIэ дохъуэхъу.
Урысей МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм и пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "204.txt"
} |
Дахагъэ куэдым я къежьапIэ
Илъэс 13 хъуауэ Урысей Федерацэм щагъэлъапIэ Унагъуэм, лъагъуныгъэм, зэхуэпэжыным я махуэр. «Унагъуэр быдэмэ, къэралыр лъэщщ», - жыIэгъуэ пэжым къызэригъэлъагъуэу, унагъуэр къэралым и зы Iыхьэщ, жылагъуэми и быдапIэ лъэщщ. Аращ къыщежьэр цIыхухэм яхэлъ хьэл дахэ куэд: лъагъуныгъэри, пщIэри, нэмысри, гумащIагъри, пэжыгъэри…
Апхуэдиз мыхьэнэ цIыху гъащIэм щызиIэ унагъуэм гулъытэшхуи щегъуэт ди хэкум. Дуней псор зэщIэзыубыда пандемием и зэранкIэ Унагъуэм, лъагъуныгъэм, зэхуэпэжыным я махуэр, нэхъапэм хуэдэу, мы лъэхъэнэм Iэтауэ щагъэлъапIэркъым, зэхуэсышхуэхэр, дауэдапщэхэр иращIэкIыркъым. АтIэми, махуэшхуэм иIэ мыхьэнэр абы игъэлъахъшэркъым. Махуэшхуэр гъэлъэпIэным къыхузэрагъэпэща къэралпсо комитетым къыбгъэдэкI «Лъагъуныгъэмрэ зэхуэпэжыныгъэмрэ» медалыр, щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр хуагъэфащэ жылагъуэм пщIэ щызиIэ, зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу псэу, нэмыс зи зэхуаку дэлъ, щIэблэ гъэса къызыщIэхъуэ зэщхьэгъусэ щыпкъэ куэдым. Апхуэдэу онлайн щытыкIэм иту ирагъэкIуэкI «Илъэсым и унагъуэ», «Унагъуэр лъэпкъ хабзэхэм я хъумакIуэщ» урысейпсо зэпеуэри, «Си унагъуэ» сурэт зэхьэзэхуэри. Абыхэм я унэтIыныгъэхэм щытекIуэ унагъуэхэм щIыналъэ, щIыпIэ администрацэхэм къабгъэдэкI фIыщIэ тхылъхэр ират. Апхуэдэ унагъуэ дахэхэщ, гулъытэ лъагэ нэхъапэIуэкIэ зыхуащIахэм ящыщщ Чэтбийхэ Малилрэ Ленэрэ, КIужхэ Мухьэдинрэ Iэсиятрэ, Къэрмокъуэхэ Iэхьедрэ Розэрэ, Гуанэхэ Юрийрэ Сусаннэрэ, Къэжэрхэ Наурызрэ Маринэрэ, Щомахуэхэ Ибрэхьимрэ Таисэрэ, Къуэдзокъуэхэ Къазбэчрэ Инессэрэ, Неппев Борисрэ Халкечевэ Заремэрэ, Ахъмэтхэ Мурадинрэ Ферузрэ, Атмурзаевхэ Сапарэрэ Латенэрэ я унагъуэхэр, нэгъуэщIхэри.
ЗэрыжытIащи, нобэрей махуэшхуэр епхащ дэ тщыщ дэтхэнэми и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэм: унагъуэм, абы илъ лъагъуныгъэмрэ пэжыгъэмрэ, зэгурыIуэныгъэмрэ гуапагъэмрэ. Дэтхэнэ унагъуэми дохъуэхъу насыпыфIэу, щIэблэ узыншэ къащIэхъуэу, я мурадхэр къайхъулIэу псэуну.
Махуэшхуэм и дамыгъэ шынэ-шынэ удз гъагъэр.
ЖЫЛАСЭ Маритэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2040.txt"
} |
Дунейм щыхъыбархэр
ГъэщIэгъуэнщ
Тутыным зэрызыщIишэр къыгурымыIуэурэ цIыхум абы ефэныр хьэл хуохъури, и гъащIэ псокIэ абы къыщимыутIыпщыж, уеблэмэ и гъэр мэхъу. Апхуэдэ щапхъэхэм щхьэкIэ жыжьэ дыщIэкIуэни щыIэкъым - тутынафэ зэрымыс унагъуэ куэд бгъуэтыну къыщIэкIынукъым, абыхэм гъуэзым хаутIыпщэ Iугъуэм игъэтхьэусыхэри мащIэкъым.
Дунейм къэралу тетым яIэжщ тутыным теухуа хабзэхэр, щхьэж нэхъ зэрыфIэзахуэм тещIыхьауэ хэт ейр нэхъ ткIийщ, хэти нэхъ щабэу а Iуэхум бгъэдыхьащ. Ди къэралми унафэ куэд къыщащтащ абы хуэгъэзауэ - ар щэн-къэщэхунми зэхьэлIэнми я мардэхэр ягъэуващ. Ахэр зыхуэгъэзар, тутыным ефэхэми абы и Iугъуэм ирибауэ мыдрейхэми я узыншагъэм зэраныгъэу къыхуихьыр къэлъытауэ, псори пэIэщIэ щIынырщ.
Узыншагъэр хъумэнымкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэм къита бжыгъэхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, ЩIы хъурейм мы зэманым ирихьэлIэу щыпсэу цIыху мелардийм нэблагъэм ящыщу мелард нэхърэ мынэхъ мащIэр тутын йофэ. А хьэл мыгъуэр зыханыным Iэмалу къыхуагупсысами щIэи гъуни иIэкъым. Дохутырхэми, езы тутынафэхэми, псэукIэ узыншэм и телъхьэхэми Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэр къыхалъхьэ, абыхэмкIэ цIыхухэм ядогуашэ, яхуэщхьэпэн мурадкIэ. Арами, псоми зэхуэдэу сэбэп яхуэхъу зы хэкIыпIи абы къыхуагъуэтакъым - щхьэж и къарукIэ, и ерыщагъкIэ абы зэрызыщагъэужыным яужь иту аращ.
ГъэщIэгъуэнщ Тыркум щыщ цIыхухъум абы къыхуигупсысар. Кьютахи къалэм щыпсэу Юсель Ибрэхьим илъэс тIощI хъуауэ махуэ къэс тутын пашкIитI иреф. Ар хыфIидзэжын папщIэ имыщIар укIуэдыж, ауэ пIалъэкIэ зэпигъэуми, тутыным пэмылъэщу абы зритыжын хуей хъууэрэ иджы къэсащ. Апхуэдэу щытми, Ибрэхьим иджыри яужь итщ узыфэ хуэхъуауэ къилъытэ а хьэлыр зэрызыхиныным. А Iуэхум ар нэхъри тегузэвыхь хъуащ и адэм и тхьэмбылхэр лышх узыфэм иубыду абы зэрилIыкIрэ.
НэгъуэщI Iэмал щимыгъуэтыжым, Юселым хэкIыпIэ гъэщIэгъуэн къигупсысащ – абы и щхьэр гъущIым къыхэщIыкIа хъарым ириубыдэжащ. Мотоциклым тесхэм ящхьэрыгъым къытрищIыкIыу иригъэгъэва а пыIэм бжэ цIыкIу хэлъщи, абы IункIыбзэ етащ, и Iухыр цIыхухъум и щхьэгъусэмрэ и пхъумрэ яIыгъыу. Ар щыIуахыр щагъэшхэнум, псы щрагъэфэнум дежщ. Адрей зэманым щIалэм и жьэм IункIыбзэ етащ. Илъэс куэд хъуауэ тутын ефэхэм ар зэуэ хыфIадзэжыну зэныкъуэкъужмэ, псантхуэ уз хахынкIэ хъуну къалъытэ щIэныгъэлIхэм, ауэ щIалэм игу ирилъхьащ и мурадыр зригъэхъулIэнуи, абы ерыщу яужь итщ.
Ибрэхьим занщIэу цIэрыIуэ щыхъуащ Интернетым. Иджы цIыхухэр яфIэгъэщIэгъуэну кIэлъоплъ абы и Iуэху зэрыхъунум. Юселым цIыхухэр хуотхэ, и щхьэм хуигъэувыжа къалэнхэм, къэпщытэныгъэ къызэрымыкIуэм лIыгъэ хэлъу пхыкIыну зэрагуапэр къыхэщу.
♦Азербайджаным и дипломатие къулыкъум и лэжьакIуэхэм я махуэщ
♦Аргентинэм и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ. 1816 гъэм ар Испанием къыгуэкIащ.
♦Къэзахъстаным и налог IэнатIэм и махуэщ
♦1762 гъэм Урысейм и император Пётр Ещанэр традзри, къэрал унафэр абы и щхьэгъусэ Екатеринэ ЕтIуанэм IэщIалъхьащ.
♦1868 гъэм США-м и конституцэм халъхьа 14-нэ зэхъуэкIыныгъэм къару игъуэтащ. Абы ипкъ иткIэ Америкэм и цIыхуу къалъытэрт къэралым къыщалъхуа псори.
♦1877 гъэм Уимблдон (Инджылызым и къалащхьэ Лондон пэмыжыжьэ щIыпIэм) щекIуэкIащ теннисымкIэ япэ зэхьэзэхуэр.
♦1906 гъэм Урысейм и император Николай ЕтIуанэм унафэ къыдигъэкIащ япэ Къэрал думэр зэбгрыгъэкIыжыным теухуауэ.
♦1927 гъэм «Роман-газета»-м къыдэкIын щIидзащ.
♦1945 гъэм ВКП(б)-м и Налшык къалэ комитетым унафэ къищтащ Хэку зауэшхуэм ныкъуэдыкъуэ щыхъуахэм защIэгъэкъуэным теухуауэ.
♦1957 гъэм Менделеевым и таблицэм 102-нэ элементу хагъэхьащ нобелий зыфIащар.
♦1959 гъэм Налшык и Театр щхъуантIэм Пятницкэм и цIэр зезыхьэ къэрал академическэ хорым и концерт щекIуэкIащ.
♦1931 гъэм къалъхуащ АР-м и цIыхубэ усакIуэ, драматург, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Бэрэтэр Хьэмид.
♦1931 гъэм къалъхуащ Антарктидэр джыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа совет географ цIэрыIуэ, СССР-м щIэныгъэхэмкIэ и академием хэта, Совет Союзым и Къэрал саугъэтыр зрата Капицэ Андрей.
♦1933 гъэм къалъхуащ совет актрисэ, уэрэджыIа-кIуэ, Урысейм и цIыхубэ артисткэ Кириенкэ Зинаидэ.
♦1933 гъэм къалъхуащ совет кинорежиссёр, УФ-м и цIыхубэ артист Климов Элем.
♦1932 гъэм къалъхуащ УФ-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, Урысей Федерацэм и цIыхубэ артисткэ, «Ника» саугъэтыр зрата IэхъуэджакIуэ Лие.
♦1941 гъэм къалъхуащ шэрджэс еджагъэшхуэ, ботаник, жылагъуэ лэжьакIуэ Хьэкъун Барэсбий.
♦1942 гъэм къалъхуащ КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Беслъэней Чэмал.
♦1950 гъэм къалъхуащ Украинэм щыщ политик, а къэралым и еплIанэ президенту щыта (2010 - 2014 гъэхэм лэжьащ) Янукович Виктор.
♦1956 гъэм къалъхуащ США-м щыщ актёр, режиссёр, продюсер цIэрыIуэ, «Оскар» саугъэтыр тIэунейрэ, «Дыщэ глобусыр» плIэнейрэ зрата, нэгъуэщI дамыгъэ лъапIэ куэд зыхуагъэфэща Хэнкс Том.
♦1976 гъэм къалъхуащ Урысей актрисэ, уэрэджыIакIуэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ Гусевэ Екатеринэ.
♦1978 гъэм къалъхуащ урысей актёр, режиссёр, Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и цIыхубэ артист Дюжев Дмитрий.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 24 - 25-рэ, жэщым градус 17 - 19 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2041.txt"
} |
Iэпхъуэшапхъэр пасэми щыIащ
Археологие
Лэжьыгъэ IуэхукIэ Iэпхъуэшапхъуэныр пасэ зэманхэми щыIащ. АбыкIэ щыхьэтщ археологие щIэныгъэм ирилажьэхэри. Италием и къалащхьэм дэт кхъэлъахэжь зыбжанэу 1 - 3 лIэщIыгъуэхэм къагъэунэхуахэм, щIытI лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIым, щIэныгъэлIхэм хьэдэ къупщхьэу 105-рэ къыщIагъуэтэжащ. Археологхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, абыхэм ящыщу 8-р зейуэ щытахэр нэгъуэщI хэгъэгухэм къиIэпхъукIащ.
ЦIыхубзым ейуэ хьэдэ къупщхьэхэм яхэлъар зы закъуэщ. Псом япэу а Iуэхугъуэращ щIэныгъэлIхэр езыгъэгупсысар, хьэдэ къупщхьэхэр зейуэ щытахэр лэжьыгъэ IуэхукIэ мы щIыпIэм къихьауэ зэрыщытам.
«Мы гупым щыщу языныкъуэхэр Альп бгыхэм къыщхьэдэхащ, адрейхэр Африкэ Ищхъэрэм къиIэпхъукIащ, - жаIащ абыхэм. - Ахэр къуршылъэ щIыпIэхэм зэрыщыпсэуар я къупщхьэхэмкIи зэхэдгъэкIащ, я дзэхэми къритщIащ».
Шэч къыщIытепхьэжыни щымыIэу, Урым къэралыгъуэжьым и курыхыу щыта Италие хытIыгуныкъуэм, адрей къэзыухъуреихь хэкухэм елъытауэ, а лъэхъэнэм куэдкIэ нэхъ псынщIэу зиужьырт. Абы къыхэкIкIи, а щIыпIэр лэжьакIуэхэми нэхъ хуэныкъуэт... Арагъэнущ, нэгъуэщI хэгъэгухэм къикIа цIыхухэр лэжьыгъэ IуэхукIэ империем къакIуэу щIыщытар.
КЪУМАХУЭ Аслъэн.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2042.txt"
} |
Полимер зэхэлъхэм ятеухуа зэхуэс
Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щокIуэкI «Иджырей полимер пкъыгъуэ зэхэлъхэр. МэкIэтIай еджэныгъэхэр-2021» зи фIэщыгъэ XVII Дунейпсо щIэныгъэ зэхуэсыр. МахуиплIкIэ зэхэтыну щIэнIуатэм кърихьэлIащ Урысейм и щIыналъэ 51-м, Узбекистаным, Азербайджаным, Вьетнамым, Чынтым (Китайм), Франджым щыщ IэщIагъэлIхэр, щIэныгъэлIхэр, къэхутакIуэхэр, полимер зэмылIэужьыгъуэхэм я химием епха щIэныгъэм хэт аспирантхэмрэ докторантхэмрэ. Зэхуэсыр КъБКъУ-м Iуащхьэмахуэ лъапэ деж щиIэ еджапIэ-щIэныгъэ IуэхущIапIэм щокIуэкI.
КъБКъУ-м и унафэщIым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Алътуд Юрэ зэIущIэм кърихьэлIахэм фIыщIэ яхуищIа нэужь, абы и мыхьэнэм и гугъу ищIащ:
«Шэч къытесхьэркъым ди нобэрей зэхуэсыр щIэныгъэ гуэшыпIэ зэрыхъунум, Iуэху еплъыкIэщIэхэр къыщыхалъхьэ, щыIэ ехъулIэныгъэхэмкIэ щызэхъуажэ зэхуэсыпIэу къызэрыщIэкIынум. Полимер пкъыгъуэ зэхэлъхэм епха щIэныгъэм кIуэ пэтми и мыхьэнэм хохъуэ, гъащIэм и IэнатIэ куэдым хэпща мэхъу. Согугъэ мыбдеж щекIуэкIыну псалъэмакъ купщIафIэхэм гъуэгу ягъуэтыну, бгъэдыхьэкIэщIэхэмрэ IэмалыщIэхэмрэ къагъуэтыну».
Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и академием и академик Алдошин Сергей зэIущIэр екIуэкIыным зи гуащIэ хэзылъхьа КъБКъУ-м и унафэщIхэм фIыщIэ яхуищIри, полимер пкъыгъуэ зэхэлъхэмкIэ Урысейм къыщызэрагъэпэща щIэныгъэ зэхуэсхэм ящыщу ар зэрынэхъ иныр къыхигъэщащ, уасэшхуэ зэрыхуищIри жиIащ:
«Къатыбэу зэтелъ икIи пкъыгъуэбэу зэхэлъ технологиехэм (аддитивные технологии) епха къэхутэныгъэхэр шэщIауэ щрагъэкIуэкI лъэхъэнэщ дыщыпсэур. Апхуэдэ технологиехэм гулъытэ хэха ягъуэтын зэрыхуейм УФ-м и Президентым и гугъу ищIауэ щытащ. Пэжыр жыпIэмэ, полимер пкъыгъуэ зэхэлъхэм яIэ мыхьэнэмрэ абы иращIэкI лэжьыгъэхэмрэ мызыгъуэгум зэпэжыжьэщ – абы елэжь щIэныгъэ институтхэр закъуэтIакъуэщ, щIэныгъэ лэжьакIуэ гупхэри мащIэщ. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр абы и лъэныкъуэкIэ зыхуейкIэ къызэгъэпэща центр щхьэхуэ ирокъу, ар узыщыгуфIыкIынщ. Полимер щIэныгъэм къэхутэныгъэхэр щегъэкIуэкIынымкIэ КъБКъУ-р пашэхэм зэращыщыр фIэкIыпIэ имыIэу жыIэн хуейщ. Ди институтымрэ КъБКъУ-мрэ зы кафедрэ къызэрызэдгъэпэщыфынур, абы епхауэ полимер зэмылIэужьыгъуэхэм я химиер къэзыхутэ лабораториери къызэрытхузэIухынур хьэкъыу си фIэщ мэхъу».
ЩIэныгъэ зэхуэсым щыхэплъэнущ икIи щрипсэлъэнущ полимерхэм я зэхэлъыкIэм, ахэр къызыхащIыкI пкъыгъуэхэмрэ абыхэм ябгъэдэлъ щхьэхуэныгъэхэмрэ, полимерхэр зэращI уней икIи зэдай Iэмалхэмрэ ахэр къызэрыщIагъэкIымрэ, техникэмрэ промышленностымрэ къызэрыщагъэсэбэп щIыкIэхэм, нэгъуэщI куэдми.
ЩIэнIуатэм ипэ къихуэу абы къагъэхьа щIэныгъэ къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр зэрыт тхылъ къыдэкIащ. Абы иIэнущ тхылъымпIэ къыдэкIыгъуэхэм я дунейпсо щапхъэм тет ISBN-м и бжыгъэри, РИНЦ жыхуаIэ урысейпсо щIэныгъэрыгъуазэм и сайтми кърагъэхьэнущ.
Зэхуэсыр щекIуэкIым.
ХьэщIэхэм тыгъэ ират.
Урысейм щIэныгъэмкIэ и академием и академик Алдошин Сергей къопсалъэ
ШУРДЫМ Динэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2043.txt"
} |
Я мурадхэр ягъэбелджылыуэ
КъБР-м и Парламентым и Жылагъуэ советым и унафэщI Бечелов Ильяс иригъэкIуэкIа зэIущIэм зэлэжьынухэр щагъэбелджылащ.
Псом япэ ар къызэхуэсахэм елъэIуащ я лэжьэгъухэу дунейм ехыжа Жырыгъу Радиерэ Щоджэн Робертрэ яхуэщыгъуэну.
Бечеловым жиIащ КъБР-м и Парламентым дызэрыт илъэсым и накъыгъэм Гугу Владимиррэ Токъмакъ Азикрэ зэпымыууэ лажьэ чэнджэщакIуэ органым зэрыхигъэхьар.
ЗэIущIэм хэтхэм Гугу Владимир хахащ советым и унафэщIым и къуэдзэу. Абы Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр къиухащ, тхыдэ, экономикэ щIэныгъэ зригъэгъуэтащ. КъБР-м и Парламентым и езанэ, етIуанэ зэхыхьэгъуэхэм Республикэм и Советым, КъБР-м и Парламентым и етхуанэ зэхыхьэгъуэм я депутату хахыгъащ, ПромышленностымкIэ, транспортымкIэ, связымрэ гъуэгу IэнатIэмкIэ комитетым и унафэщIу щытащ. Гугум къызэхуэсахэм фIыщIэ яхуищIащ я дзыхь къызэрырагъэзам папщIэ.
Токъмакъ Азик хагъэхьащ Жылагъуэ советым экономикэ IуэхухэмкIэ и комиссэм.
ЗэIущIэм щагъэбелджылащ 2021 гъэм зэлэжьыну я мурадхэр. Советым хэтхэр зэгурыIуащ зэIущIэу тIу ирагъэкIуэкIыну. Абыхэм щыхэплъэнущ УФ-м и Псы кодексым къыщыгъэлъэгъуа положенэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым зэрыщагъэзащIэм, сабий, щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэр республикэм зэрыщылажьэ щIыкIэм, республикэ законодательствэр егъэфIэкIуэнымкIэ я гупсысэхэр къагъэлъэгъуэным, нэгъуэщIхэми.
ЗэIущIэр щызэхуищIыжым, Бечелов Ильяс и лэжьэгъухэр къыхуриджащ коронавирусым пэщIэт хущхъуэр зыхрагъэлъхьэну:
- Мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхущ ар. НэгъуэщI щIыналъэхэм къикIыу цIыху куэд республикэм къокIуэ. Абыхэм къахэкIащ Индием узыщрихьэлIэ коронавирус узыфэ лIэужьыгъуэр зиIэхэри. Нэхъ лъапIэ дыдэр гъащIэращ, вакцинэр зыхевгъэIу, фи щхьэми фи Iыхьлыхэми фахуэсакъ, - жиIащ Бечеловым.
Белгъэрокъуэ Марьянэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2044.txt"
} |
Дунеймрэ цIыхумрэ къызэригъэщIар
ЦIыхур къигъэщIын ипэкIэ Алыхь Лъагэм къигъэунэхуащ уафэмрэ щIылъэмрэ, Жэнэтымрэ Жыхьэнмэмрэ, нэхум - мелыIычхэр, мафIэбзий къабзэм жинхэр къыхигъэкIащ. Жинхэр Алыхьым цIыхур къигъэщIыным куэд иIэжу дунейм къытригъэхьащ икIи Алыхьым и IэмыркIэ Абы щIым зыщыхуагъэщхъырт. Хуэм-хуэмурэ жинхэм къахэкI хъуащ щIым напэншагъэм зыщезыгъэубгъу, зым адрейр иукIыурэ. Алыхьым и унафэкIэ мелыIычхэр щIым къехащ, ар зэIузэпэщ ящIыжын папщIэ. Жинхэр шынэри зэбгрыжыжащ, мелыIычхэм Iиблис жиныр гъэру яубыдащ, абы щыгъуэм ар цIыкIуу. Ар абыхэм уафэм къызэдащтащ икIи Iиблис мелыIычхэм яхэту къэхъуащ, Алыхь Лъагэм зэрызыхуагъэщхъым щапхъэ трихыу икIи абыкIэ ехъулIэныгъэ инхэр зыIэригъэхьащ.
И Iуэху нэхъ ин дыдэхэм ящыщ зым – цIыхур къигъэщIыным - Алыхь Лъагэр щыпэрыхьэну сыхьэтыр къэсащ. Апхуэдэ мурад ищIауэ, мелыIычхэм яжриIащ:
- Сэ цIыху къэзгъэщIынурэ си лIыкIуэу щIым згъэкIуэнущ.
МелыIычхэр ягъэщIагъуэу Абы еупщIащ:
- Жинхэм хуэдэу Iуэхугъуэ Iейхэр, уеблэмэ укIыгъэхэр, зылэжьынур Уи лIыкIуэу бгъэкIуэну ара? Дэ – мелыIычхэр – дыщыIэщ икIи увыIэгъуэ димыIэу Уэ дыпщотхъу икIи Уи пщIэр доIэт.
Алыхь Лъагэм ищIэрт Абы и мелыIыч пэжхэм зэкIэ къазэрыгурымыIуэр Абы - Алыхьым - псэущхьэ щIэ дыдэ - цIыху - къыщIигъэщIым и щхьэусыгъуэмрэ мурадымрэ. Жинхэми хуэдэу, Абы цIыхухэм я натIэм иритхащ Езым и Закъуэ хуэпщылIын, Абы фIэфI Iуэхухэр илэжьын папщIэ къызэригъэщIар. МелыIычхэм ящIакъым, ауэ Алыхьым ищIэрт, абы и Iущагъыр интэкъэ, жинхэми цIыхуми гъэхутэныгъэ ин къазэрыпэщылъыр – Алыхьым зэрыхуэпэжыр къагъэлъэгъуэну, Абы хуэпщылIыну зыщамыгъэгъупщэну. МелыIычхэр щызыгъэуэфын щыIэтэкъым, Алыхьым ахэр къигупсысат, КъэзыгъэщIам сыт щыгъуи хуэпэжыну. Къытщхьэщытым цIыхум щыгъупщэныгъэрэ псэмахагъэрэ хилъхьащ, ауэ щIэныгъэ хуигъэфэщащ икIи мелыIычхэм нэхърэ саугъэт нэхъ лъапIэ яхуигъэуващ, и Тепщэр абы щымыгъупщэу, Алыхь Лъагэм фIэфIхэм фIэкIа имыщIэу и IуэхущIафэхэм хуэсакъмэ. Иджыпсту дунейм цIыху куэд дыдэ щопсэу, КъэзыгъэщIар ящымыгъупщауэ. Ахэр псэемыблэжу Алыхьым хуопщылI, къызытехъукIыжа Iэдэм и щыуагъэхэр зыщамыгъэгъупщэу. Диныр зи фIэщ хъухэм КъурIэным къраджыкIауэ ящIэ Алыхьым цIыхухэр щIым къыщIригъэхар игъэхутэну зэрыарар.
МелыIычхэр ирипагэтэкъым нэхум къызэрыхащIыкIам икIи КъэзыгъэщIам емызэшыжу хуэпщылIым я гъащIэр зэрытеухуам папщIэ. Ауэ абыхэм ящIэрт мафIэм къыхищIыкIа жинхэр сыт щыгъуи апхуэдэ хуэпщылIыныгъэм зэрыхэмытыр, икIи ягъэщIэгъуагъэнущ, ар Алыхьым нэхъыфIу ещIэ, я Тепщэм жинхэм хуэдэ гуэр къигъэщIыну мурад щищIам.
Алыхьым абыхэм мыпхуэдэ жэуап яритащ:
- Сэ сощIэ фэ фымыщIэр.
Апхуэдэ унафэ иныр Алыхьым къищтащ, Абы къигъэщIыну мурад ищIа цIыхур щIэныгъэм, Алыхь Лъагэм и хабзэхэр зыгуригъэIуэну хущIэкъунути. ИкIи Алыхьым илэжьащ мелыIычхэм яжриIар. Абы япэ цIыхур – Iэдэм – ятIагъуэ жьгъырум къыхищIыкIащ, теплъэ дахэ иритри, псэ хилъхьэжащ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, и Iэпкълъэпкъыр къигъэпсэуащ.
Алыхьым щIыр щызэригъэпцIым, Ар хущIэкъуащ цIыхум и зэIузэпэщыныгъэм икIи Iэмэпсымэ телъыджэ – ятIагъуэ – тыгъэ хуищIащ, унагъуэм къыщигъэсэбэпын папщIэ. ЛIэщIыгъуэ куэд хъуауэ цIыхухэм ятIагъуэм куэд дыдэ къыхащIыкI – хьэкъущыкъум къыщыщIэдзауэ унэ лъагэхэм нэс. ЦIыхум и дежкIэ ятIагъуэр зыкIи пхъуэж мыхъун Iэмэпсымэ хъуащ. Ауэ цIыхухэм хьэпшыпхэм псэ яхухэлъхьэркъым икIи Алыхь Лъагэм и закъуэщ гъащIэ езыту псэ хэзылъхьэр. Ардыдэращ щыхуейм и деж ар Iызыхыжри.
ГъащIэ къезыт къарур – Алыхьым къыбгъэдэкIа псэр - Iэдэм и щхьэм щынэсым, иужьыр къепсащ икIи Алыхьым къыжьэдилъхьэри, жиIащ:
- Щытхъур Алыхьым ейщ, Дунейхэм я Тепщэм!
ФIыуэ илъэгъуа къигъэщIар Алыхьым иригъэблэгъащ:
- Алыхьым къыбгъэдэкIыу мамырыгъэрэ арэзыныгъэрэ уиIэну!
Апхуэдэ щIыкIэкIэ Iэдэм къигъэщIащ икIи Алыхь Лъагэм абы иригъэщIащ хьэпшып псоми я цIэр. Ахэр япэ цIыхум, мелыIычхэмрэ жинхэмрэ ядэщIыгъуу япэу къигъэщIам, Алыхьым апхуэдэ пщIэ зыхуищIам и япэ щIэныгъэт. ЦIыхухэм жинхэр ямылъагъуу Абы ищIащ.
Алыхьым и мелыIычхэм яжриIащ:
- ЩIым си лIыкIуэу щыIэн папщIэ цIыхур къызэрызгъэщIар ипэжыпIэкIэ телъыджэ фщыхъуамэ, хьэпшыпхэм я цIэхэр къифIуэну фыкъыхузоджэ. Фэ фщIэрэ ар?
МелыIычхэм, укIытауэ, я Тепщэм жэуап иратащ:
- ФIыщIэр Ууейщ, дэ тщIэр Уэ дыбгъэщIаращ. Уэ – УIущщ, Уэ - Псори зыщIэщ.
ИужькIэ Алыхьым Iэдэм, мелыIычхэм нэхърэ куэдкIэ нэхъыбэ зыщIэм, зыхуигъэзащ.
- Iэдэм, Си мелыIычхэм хьэпшыпхэм я цIэхэр яжеIэт!
Хьэпшыпхэм я цIэхэр Iэдэм къриIуащ. Я Тепщэм и инагъымрэ Iущагъымрэ мелыIычхэм зыхуагъэщхъащ. Абы къажриIащ:
- Сэ фэ фжесIат, Сэ сщIэ псори фэ зэрывмыщIэр! Фэ фщIэркъым цIыхур – щIым лIыкIуэу щызиIэнур – къыщIэзгъэщIам и щхьэусыгъуэр. Иджы абы зыхуэвгъэщхъ, цIыхум фэ нэхърэ нэхъыбэ ещIэ, и щIэблэри щIэныгъэм хущIэкъунущ, Си хабзэхэр зыхищIэн папщIэ!
Iиблис зэрызыхахуар
МелыIычхэм Iэдэм зыхуагъэщхъащ, ауэ абыхэм яхэта Iиблис зэуэзэпсэу Алыхьым и унафэм пэуващ икIи жиIащ:
- Уэ ятIэм къыхэпщIыкIа цIыхум сэ зыхуэзгъэщхъынукъым! Сэ абы софIэкI – Уэ сэ мафIэ къабзэм сыкъыхэпщIыкIащ.
Iиблис пагагъэм зэщIищтэри, епцIыжакIуэ хъуащ. МелыIычхэр Алыхьым жыIэщIэу къигъэщIат, цIыхум и закъуэт ищIэнумкIэ хуитыр. ЩIэныгъэр – Алыхьым и тыгъэ инщ. Тэмэму къэзыгъэсэбэпым и дежкIэ ар Жэнэтым хуэзышэ гъуэгугъэлъагъуэщ. Езым зиIэтын къудей мурадкIэ щIэныгъэм хущIэкъум и кIэухыр Iейщ, Алыхьым хуэзышэ гъуэгум къыщимыгъэсэбэпынумэ.
Iиблис Алыхьым хуэжыIэщIэ хъуакъым, Алыхьым и жыIэр зэи тIу зымыщIа мелыIычхэр, Алыхь Лъагэм къыхуищIа пщIэм и лъагагъыр зыхэзыщIа Iэдэм щыту.
Алыхьыр къигъэщIа Iиблисым игъэгубжьащ икIи абы жриIащ:
- ЗыгъэкIуэд! – икIи зыхихуащ.
Апхуэдэ зыхэхуныгъэм къикIырт Iэблис фIэщхъуныгъэ зыхэмылъыж хъуауэ. Ауэ жиным ищIэрт Алыхьым сытри зэрыхузэфIэкIыр, Ар абы и Тепщэу зэрыщытыр. Абы Алыхьым зыхуигъэзащ:
- Си Тепщэ! Гъуэгу захуэм Уэ сызэрытебгъэкIам къыхэкIыу, тхьэ соIуэ, Iэдэмрэ абы и щIэблэмрэ Уи гъуэгу захуэ пэжым ирикIуэнымкIэ зэран сахуэхъуну, ахэр а гъуэгум къытесшыну икIи Iэмал псори къэзгъэсэбэпу щызгъэуэну. Къемэт махуэр къэсыхукIэ си пIалъэр схуэгъэIэпхъуэ!
Алыхьым ар зыщIэлъэIуа зэманыр иритащ – Алыхь Лъагэр я фIэщ зэрыхъум и быдагъыр къызэрапщытэ Iэмал хъуащ Iиблис къызэрыдихьэххэм зэрыпэщIэтыф щIыкIэр. Япэу къигъэщIа Iэдэм къытехъукIыжа цIыхухэм зэугуэшащ Алыхьым и лъэужьым иувэу Абы жыIэдаIуэ хуэхъуахэмрэ Iиблис кIэлъыкIуахэмрэу. Япэхэм я гъащIэр ягъакIуэ Алыхьым зэрыфIэфIым хуэдэу тхьэ елъэIуу, псапэ ящIэу. ЕтIуанэхэр Iиблис хуэдэу мэпсэу – диныншэу, гуэныхьыщIэу, Алыхьым фIыщIэ хуамыщIу.
Апхуэдэу Iиблис къыхахуащ Алыхьым и нэфIыр зыщыхуахэм.
Мэзкуу Къан.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2045.txt"
} |
ЩIыналъэм и зэхэлъыкIэм теухуауэ
Геодезиемрэ картографиемрэ
Псыхэм, мэзхэм, губгъуэхэм, бгыхэм, къуэладжэхэм, нэгъуэщIхэми инагъ-цIыкIуагъ я лъэныкъуэкIэ я зэхэлъыкIэр, ЩIы Хъурейм и гравитацэ (зыщIэзышэ) губгъуэр щIыпIэ-щIыпIэхэм къызэрыщыкIуэр, ахэр псори картэрэ плану тхылъымпIэм зэрытрагъэзагъэ Iэмалхэр зыубзыху щIэныгъэщ геодезиемрэ картографиемрэ.
Математикэмрэ физикэмрэ лъабжьэ зыхуэхъуа унэтIыныгъэхэр геологиеми, географиеми, геоботаникэми, гъавэ щIэкIэмрэ ар зытрасэ щIыгум кIэлъыплъынымкIэ IэщIагъэхэми япыщIащ. Геодезиер къыщыбгъэсэбэп мэхъу мэкъумэш хозяйствэм, геофизикэм, астрономием, щIы Iыхьэхэр гуэшынымрэ псы щIэгъэлъадэмрэ пыщIа IэщIагъэхэм, нэгъуэщIхэми. Картографием и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщ зыщ ЩIы хъурейм и зы дэтхэнэ къуапи нахуэрэ IупщIу къыщыгъэлъэгъуэжа картэ зэмылIэужьыгъуэхэр зэхэгъэувэныр.
Пасэрей зэманым дунейм тета лъэпкъыжьхэми къагъэсэбэпу щытащ щIы щхьэфэм и зыгъэзэкIэр къэзыгъэлъагъуэ нагъыщэхэмрэ гъуэгу гъэнахуэ папщIэу ящI сурэтхэмрэ. Жыгым, мывэм, фэм тращIыхьа тхыпхъэщIыпхъэхэм ущыщакIуэ, укъыщыувыIэ, нэху укъыщекI хъууэ щыта щIыпIэхэр апхуэдизкIэ Iэзагъэшхуэ хэлъу къыщыгъэлъэгъуэжащи, ноби зылъагъухэм ар телъыджэ ящохъу.
Мэзкуу пщыгъуэм и зыужьыгъуэм зыIэригъэхьа щIыналъэхэр къыщыгъэлъэгъуэжа картэ япэ дыдэу дунейм къыщытехьар 1497 гъэращ. Мыдрейуэ, геодезие щIэныгъэм ухэзыгъэгъуазэ тхылъ ди къэралым япэу къыщыщыдэкIар Грозный Иван и тетыгъуэращ (1530 - 1584).
Урысейр дунейм къызэрыщыунэхурэ и гъунапкъэхэм зэрызригъэубгъуным сытым щыгъуи яужь итащ. Псом хуэмыдэжу, ар абы нэхъ къыщехъулIар XVI-XVII лIэщIыгъуэхэращ. Мэзкуу пщыгъуэу тхыдэм къыхыхьа къэралыгъуэщIэм, илъэс щэ ныкъуэм къриубыдэу, КъуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ щIыналъэшхуэхэр щызыIэригъэхьащ. ЗекIуэлIхэмрэ зауэшыхэмрэ къахута щIыпIэщIэхэр къызэрагъэлъагъуэ тхыпхъэщIыпхъэхэр апхуэдизкIэ щIэщыгъуэти, Европэм щыпсэу географхэм, картографхэм, этнографхэм, тхыдэджхэм алъандэрэ къагъэсэбэпа картэхэм зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр халъхьэжын хуей хъурт.
«Картэр дзэр зэрыплъэщ» псэлъафэр Петр Езанэм и зэманыращ дунейм къыщытехьар. Къэралыгъуэшхуэм щIыгуу иIыгъыр тхылъымпIэм къыщыгъэлъэгъуэным хуэунэтIа япэрей лэжьыгъэр Урысейм 1720 гъэм къыщыщIэдзауэ 1744 гъэ пщIондэ щрагъэкIуэкIащ. Ауэ, ди къэралым геодезие-картографие щIэныгъэм нэгъэсауэ къулыкъущIапIэ къыщыхащIыкIар куэдкIэ нэхъ гувауэщ: 1919 гъэм, Ленин Владимир и жэрдэмкIэ, геодезие IуэхущIапIэ нэхъыщхьэ къызэгъэпэщыным хуэунэтIауэ РСФСР-м и ЦIыхубэ Комиссархэм я Советым унафэ къищта иужькIэщ.
2008 гъэм Геодезиемрэ картографиемкIэ федеральнэ агентствэр УФ-м Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм иратыжащ. 2009 илъэсым, гъатхэпэм и 1-м щегъэжьауэ, зи гугъу тщIы агентствэм и къалэнхэр Къэрал регистрацэмкIэ, кадастрымрэ картографиемкIэ федеральнэ къулыкъум и пщэ далъхьэжащ.
Картографхэмрэ геодезистхэмрэ лIэщIыгъуэкIэрэ зэфIаха лэжьыгъэм и фIыгъэкIэ ди зэманым, гугъущи дыдемыхьу, ди пIи димыкIыу, дызыхуей щIыпIэм зыхэдгъэгъуэзэфынущ.
БЭРАУ Бышэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2046.txt"
} |
Сэтэней и махуэр ягъэлъапIэ
Сэтэней гуащэ и жьэгу мафIэр маблэ,
Ди адыгэ фащэ дахащэм и хъыбархэр
жьэгу пащхьэм щыжаIэ,
Адыгэ шхыныгъуэ гурыхьхэр щызэблокI,
Ди пщащэ щIыкIафIэхэмрэ ди бзылъхугъэ
IэпэIэсэхэмрэ я хъыбарыфIхэр щаIуэтэж.
Илъэс зыбжанэ хъуауэ Сэтэней и махуэр (Адыгэ цIыхубзым и махуэр) ягъэлъапIэу, зэпеуэ гъэщIэгъуэнхэр, зэхыхьэ щIэщыгъуэхэр иращIэкIыу къокIуэкI. Адыгэу дуней псом тетым мэкъуауэгъуэм и 23-м гукъинэжу зэдагъэлъэпIащ ар. Зэпымыууэ а махуэщIым гулъытэ хуэзыщIхэм ящыщщ КъШР-м щIыхь зиIэ и журналист, анэдэлъхубзэмрэ хабзэмрэ зи Iэпэгъуу лъэпкъым хуэлажьэ Къардэн Заремэ.
- Адыгэ дунейм адыгэ бзылъхугъэм куэд дыдэ щелъытащ. Иджырей гъащIэм къыщылъыс жэуаплыныгъэм цIыхубзыр пэлъэщыфу, сыткIи а цIэм хуэфащэу щытын хуейщ, - жеIэ Къардэн Заремэ. - Нартхэм я чэнджэщэгъу, цIыхубз Iущ Сэтэней гуащэ и цIэм хуэфащэу зыкъэзыгъэлъагъуэ адыгэ бзылъхугъэ пажэхэр ди мащIэкъым. Зи IэщIагъэкIэ, дуней тетыкIэкIэ цIыхубз щыпкъэхэм си нэтынхэр ятезухуэну сфIэфIщ. Апхуэдэщ филологие щIэныгъэхэм я доктору, КъШР-м, КъБР-м, АР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэу, зи IуэхущIафэрэ дуней тетыкIэкIэ щапхъэу къекIуэкIа Бэчыжь Лейла, дохутыр Iэзэ Уэзы ФатIимэ, IэпщIэлъапщIэ Еутых Ася сымэ, нэгъуэщIхэри. Ахэр ящыщщ зи цIэ ящымыгъупщэнухэм.
Къардэн Заремэ къелъытэ мыхьэнэшхуэ зиIэ дэрбзэр, пщафIэ IэщIагъэхэм адыгэ бзылъхугъэр хуэIэлъакIуэу щытын хуейуэ. Езыр дэзыхьэх Iуэхугъуэхэм ящыщщ лъэпкъым ижь-ижьыж лъандэрэ къыдекIуэкI, нэгъуэщIхэм адыгэ дыкIэ къытхужезыгъэIа пасэрей дыщэидэ IэщIагъэ дахэр. ЦIыхубз IэпэIэсэм лъэпкъ дамыгъэхэмрэ тхыпхъэхэмкIэ егъэдахэ адыгэ пыIэ, бгырыпх, щхьэнтэ, чысэ, хъуржын цIыкIухэр.
- Зэрытлъагъущи, адыгэ IуэрыIуатэм щIапIыкI сабийхэмрэ иджырей мультфильмхэм ятхьэкъуа цIыкIухэмрэ я гупсысэкIэ зэщхьэщыкIыныгъэ яIэу къыдокIуэтей. Аращи, тхузэфIэкIынумэ, Сосрыкъуэрэ Бэдынокъуэрэ хуэдэ нарт лIыхъужьхэм, Сэтэней гуащэ, Мэлэчыпхъу хуэдэ цIыхубз Iущхэм ди щIэблэр щIэдывгъэпIыкI, - жеIэ Заремэ.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2047.txt"
} |
Мэрем пшыхь
Хабзэ
Дунейм зы лъэпкъи тету къыщIэкIынкъым щIэблэ махуэ, щIэблэ узыншэ, щIэблэ гъэса диIащэрэт, жимыIэу. Дауи, лъэпкъхэм я щIэблэм ират гъэсэныгъэр теухуат а лъэпкъхэм езыхэм я псэукIэм, я тхыдэм и къекIуэкIыкIам, я лэжьыгъэм, я хабзэм. Апхуэдэу щIым елэжьу къэгъуэгурыкIуэ лъэпкъхэм я щIэблэр хуагъасэрт губгъуэ лэжьыгъэм, былым зезыхуэ, зыгъэхъухэм я щIэблэр - Iэщым и пIалъэхэм, щакIуэхэм - щакIуэ Iэмалхэм.
Тхыдэм нэхъ жыжьэ узэпрыплъыжыхукIэ, щIэблэ гъэсэкIэр, ущиикIэр нэхъ къызэрыгуэкIыу щытащ: нэхъыжьхэм езыхэм ящIэ, ялэжь Iуэхугъуэхэм нэхъыщIэхэр хуагъасэрт, щIагъэдэIурт, кIэлъагъэплъырт. Уеблэмэ абы къыхэкIагъэнкIи хъунущ лъэпкъ куэдым хабзэ яхуэхъуар: нэхъыщIэхэм нэхъыжьхэм пщIэшхуэ, нэмыс хуащIыныр. Нэхъыжьым щIедаIуэр, абы и псалъэхэр тIу ямыщIу щIагъэзащIэр ар зэрынэхъыжь къудейр аратэкъым, атIэ гъащIэм нэхъыбэ зэрыхищIыкIырт, зэрынэхъ Iэзэрт, абы и жыIэ уедаIуэмэ, уи Iуэхур зыхуей нэхъ зэрыхуэзэнурт. Апхуэдэурэ лъэпкъхэм я хабзэ куэд зэфIэуващ, ахэр нэмыс, хьэл-щэн хъуащ. Ар ехьэлIащ унагъуэ псэукIэ хабзэми, губгъуэ лэжьыгъэми, мэкъумэш зехьэкIэми, жылэм дэлъа хабзэми.
Адрей лъэпкъхэми хуэдэу, адыгэхэм я щIэблэ гъэсэныгъэр пасэм щыгъуэ нэхъ щекIуэкIыу щытар унагъуэрщ. Абы къытекIагъэнущ «Унэм зыщыгъаси, хасэм яхыхьэ» жыхуиIэ псалъэжьри. Ауэ абы къикIыркъым гъэсэныгъэр унагъуэм, абы ис адэ-анэ, къуэш-шыпхъу, адэшхуэ-анэшхуэ къудейхэмкIэ зэфIэкIыу щытауэ. ЩIэблэр щагъасэрт губгъуэми, уэтэрми, вакIуэ пщыIэми; щIэблэр яущийрт гъунэгъуми, хамэ ямыцIыхухэми; щIэблэр щеджэрт хьэщIэщми, хьэгъуэлIыгъуэми, дауэдапщэми, хасэми. Ар игъэIущырт мэзми, псыхъуэми, и ныбжьэгъуми, и джэгуэгъуми. Абы и лъэныкъуэкIэ, мыхьэнэшхуэ яIэу щытагъэнщ псалъэ шэрыуэ: «Узыхэтым уадемыкIумэ, уи унэ умыкIуэж», - жыхуиIэм хуэдэхэм.
ЗэрыгурыIуэгъуэщи, адыгэхэм бзылъхугъэхэмрэ щIалэ цIыкIухэмрэ я гъэсэныгъэр зэщхьэщагъэкIыу щытащ. Сабийр илъэсибл хъухункIэ апхуэдэу зэхадзыртэкъым. Хъыджэбз цIыкIухэми щIалэ цIыкIухэми я Iуэху нэхъ зезыхуэр цIыхубзхэрт: анэшхуэ, анэ, адэ шыпхъу хуэдэхэрат. ИтIанэ щIалэ цIыкIухэм я гъэсэныгъэр цIыхухъухэм, хъыджэбз цIыкIухэм я гъэсэныгъэр цIыхубзхэм къащтэрт. Бзылъхугъэр щагъасэкIэ нэхъ нэ лейкIэ еплъырт хъыджэбз цIыкIум цIыхубз Iуэху ищIэфу егъэсэным, унагъуэ зэрихьэфу, дэфу, пщэфIэфу, IэпщIэлъапщIэу хидыкIыфу, цы ипщIыфу, ипхыфу, иджыфу, цеяпхъэ зэIуищэфу. КIэщIу жыпIэмэ, унэ ихьа нэужь зыхуеижыну, къыщхьэпэжыну лэжьыгъэхэм хуагъасэрт. А псом къадэкIуэу, хъыджэбз цIыкIухэр хуагъэIущырт хьэл-щэн дахэ яхэлъу, зэпIэзэрыту, ину мыпсалъэу, мыгъуэлэгъуасэу, мыщхьэхыу, укIытэ яIэу, нэхъыжь-нэхъыщIэ ящIэу, нэмысыфIэу къэтэджыным.
ЩIалэ цIыкIухэм я гъэсэныгъэр нэхъ зытеухуар цIыхухъу лэжьыгъэ зэфIагъэкIыфу, къарууфIэу, бэшэчу, жыIэдаIуэу, шууей Iэзэу, акъыл жан яIэу, тэмакъкIыхьу, дуней и пIалъэ ящIэу къэгъэхъунырт.
Адыгэхэм я сабийр пIынымрэ ар гъэсэнымрэ зэщхьэщагъэкIыу щытащ. Сабий пIыным нэхъ къиубыдыр ар гъэшхэн, хуэпэн, зыхуей хуэгъэзэныр арат. Сабий гъэсэным нэхъ хыхьэр ар лэжьэкIэ, цIыху хэтыкIэ ищIэу къэгъэтэджынырт.
ЖыIапхъэщ адыгэхэм гъэсэныгъэм пыщIа Iуэхугъуэхэм ящыщу нэхъыщхьэ дыдэу къалъытэр щIэблэр лэжьыгъэм, гуащIэдэкIым щIэпIыкIын хуейуэ ябжу зэрыщытар. ЩIалэгъуалэм лэжьэкIэ ящIэу къэгъэхъуныр мурад къудейтэкъым, атIэ ар икIи лэжьыгъэм зэрыхуагъасэ Iэмалт. Iуэхур тэрэзу зыщIэфу еса щIэблэм нэхъыжьхэр сыт щыгъуи игъэгуфIэрт, абы иригушхуэрт.
ЩIэблэр щагъасэкIэ адыгэхэм Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэр къагъэсэбэпырт. Абыхэм ящыщу къэлъытапхъэщ IуэрыIуатэр (псалъэжьхэр, хъыбархэр, къуажэхьхэр), дуней къэхъукъащIэхэр, нэщэнэхэр, адыгэ джэгукIэ зэмылIэужьыгъуэ куэдыр сабийм егъэщIэныр, щIалэгъуалэр лэжьыгъэм, гуащIэдэкIым хэшэныр, нэгъуэщIхэри. ЩIэблэр дунейм и къэхъукъащIэхэм хуэнабдзэгубдзаплъэу, ар зэпилъытыфу есэмэ, дуней и пIалъэ зригъащIэмэ, абы и гъащIэри нэхъ тынш, и гъавэри нэхъ бэв, и Iэнэри нэхъ берычэт хъунущ. Адыгэхэм нэщэнэ куэдыщэ яIащ щIалэгъуалэр щIагъэдэIуу, ирагъасэу. Ахэри, псалъэжьхэм ещхьу, гъащIэм и лъэныкъуэ Iэджэм нэIэбысырт. Иджыпсту зи гугъу тщIыр дунейм, лэжьыгъэм ятеухуа нэщэнэхэрщ. Абыхэм ящыщщ: «Вагъуэбэр гъавэм къыхэплъамэ, къэкIыгъэм зрач, къэб къуэпсым зедз», «Губгъуэм ит былымыр джэгуу ежьамэ, дунейр къызэIыхьэнущ», «Бжэным и нэр хъурей хъуамэ, жэщ хъуащ», «Лэгъупыкъу къищIамэ, уэшхыр теужынущ».
Нэщэнэхэми псалъэжьхэми ещхьыркъабзэу, гъэсэныгъэ мыхьэнэ ин яIэт джэгукIэхэми. А джэгукIэхэр зэбгъапщэмэ, нэрылъагъущ языныкъуэхэм сабийм и гупсысэкIэм, и акъылым зэрызрагъэужьыр, адрейхэм ар къарууфIэу, Iэрыхуэу ирагъасэу зэрыщытар. Ауэ сыт хуэдиз псалъэжьрэ хъыбаррэ адыгэхэм я щIэблэм жрамыIами, сыт хуэдэу фIыуэ нэщэнэхэр ирамыгъэцIыхуами, дауэ ахъырзэману топшэс джэгуу ирамыгъэсами, щIэблэр гъащIэм, лэжьыгъэм хуэзыунэтIу, абы хуезыгъаджэу адыгэхэм къалъытэр езы лэжьыгъэрт, лэжьыгъэ гугъуу пщIэнтIэпс къозыгъакIуэрт. Абы и щыхьэтщ мы псалъэхэр: «Укъэбэкхъа къудейкIэ лэжьыгъэ зыхэпщIэркъым. ПщIэнтIэпс къокIуар уи бзэгу нэмысыжамэ, ар мышыуми, шыугъэми пщIэркъым».
Зи гугъу тщIа псор щыхьэт тохъуэ щIэблэр хьэл-щэн дахэ яхэлъу, лэжьыгъэр фIыуэ ялъагъуу къэтэджыным адыгэхэм хуабжьу гулъытэшхуэ xyaщIу, а Iуэхум я нэIэ тету, темыплъэкъукIыу сыт щыгъуи къызэрыгъуэгурыкIуам.
МафIэдз Сэрэбий.
ГушыIэ
Хъуэжэ и шыдыжьымкIэ гъавэ къишэжырт. Джабэ гуэр къызэрыкIэрыхьэу шыдыр увыIащ. Хъуэжэи шыдым щIэрыIэу, щIэкIиеу щIидзащ.
АрщхьэкIэ, жагъын ищтауэ шыдыр къыхуекъужыртэкъым. Хъуэжэ къэгубжьри, ар иубэрэжьу хуежьащ. Асыхьэтым къуажэ тетыр шууэ блэкIырти, къыбгъэдэлъадэри, и жьэм къихь къимыгъанэу, Хъуэжэ бзаджэ къыжриIэу щIидзащ, шыдыр зэриубэрэжьым щхьэкIэ.
ИтIанэ Хъуэжэ зэуэ зызэридзэкIыжри, и шыдым и напэм Iэ дилъэурэ жриIащ:
- Къысхуэгъэгъу, си шыдыжь, дяпэкIэ сыноуэжынкъым, къуажэ тетыр узэрикъуэшыр сщIакъым!
Ар щызэхихым къуажэ тетыр губжьащ.
- А уи жьэм утекIуэдэжынущ уэ! - къыжриIащ абы.
- Зи жьэм текIуэда мащIэ щIэлъ кхъэм, сэри абы сакъыхэжыжынкъым! - жиIэри Хъуэжэ къежьэжащ.
КъардэнгъущI Зырамыку.
Хъыбар
Еуэри, бжьыхьэ махуэ гуэру Агънокъуэ Лашэ мурад ещI, щIымахуэ гъуэмыли зэригъэпэщыну, и лIыгъэр здынэсри игъэунэхужыну зекIуэ ежьэну. Къущхьэхъу щIыпIэхэм нэсауэ мэлыхъуэ пщыIэ щрихьэлIэм, мэл къидыгъуну игу ирелъхьэ. АрщхьэкIэ, сыт хуэдэ Iэмал хуемыкIуами, мэлыхъуэхьэхэм уэтэрым гъунэгъуу бгъэдагъэхьакъым.
Къежьэжауэ къыздэкIуэжым, зы шу ирихьэлIэри зэпэщIэуващ. Агънокъуэр къригъэкIуэтащ икIи жэщ кIыфIым губгъуэжьым щищIэр жиIэну къыпиубыдащ.
- Си унагъуэм езгъэшхын щIымахуэ ерыскъы зэзгъэпэщыну сыкъежьати, ар къызэмыхъулIауэ сокIуэж, - жиIащ Лашэ.
ДжэгуакIуэр зыхуэза шууейми апхуэдэ мурадт иIэу къежьари, Агънокъуэр гъусэ ещIри, мэлыхъуэ пщыIэмкIэ яунэтI.
- Иджы къызэдаIуэ, - жиIащ шум, Лашэ зыхуигъазэри. - Уэ уэтэрым гъунэгъу зыхуумыщIыщэу зы лъэныкъуэ убыди абыкIэ екIуэкI. Мэлыхъуэхьэхэр уи ужь ниувэнущ. АпщIондэхукIэ сэ тIури дызрикъун мэл хъушэм къыпысхунщи, нетIэ дыщызэхуэза щIыпIэм дыщызэрихьэлIэжынщ.
ЗэрызэгурыIуам хуэдэу я Iуэхур къайхъулIащ. Лашэ мэл хъушэм япэ иту, шу мыцIыхур яужь иту нэху къатемыщхьэу жылэм къэсыжащ.
- Фи унэм ныIухьэ, - жиIащ шум. - Щхьэж къылъысыр абы щыдгуэшыжынщ.
ЗэхуэдитI ящIри, шум и Iыхьэр къыдихури къежьэжащ.
«Апхуэдэ лIыгъэ къызыкъуэкIар хэтхэ ейми къэзмыщIауэ сымыгъуэлъыжын», - жиIэщ Агънокъуэми, абы и ужь иуващ. КъуажэкIэм нэсри, шум мэлыр дихуэри, пщIантIэм дыхьэжащ. Агънокъуэр зэщIэувыIыкIащ: а унагъуэм цIыхухъу истэкъым. ПщIантIэм дыхьэрэ унэ щхьэгъубжэм дэплъмэ, илъагъур гъэщIэгъуэнт: мэлыр къэзыхуар зыщIыхьэжа пэшым и уэздыгъэр пигъанэри и пыIэр щхьэрихащ… абы и лъабжьэм щхьэц кIыхьышхуэ къыщIэхуащ. Лашэ куэбжэм уври, джащ. ЗанщIэуи къамэр иIыгъыу цIыхубзыр унэм къыщIэувыкIащ:
- ЦIыхухъу зыдэмыс пщIантIэм кърикуу къыдыхьэфар хэт? - жиIэри.
Агънокъуэр къыщицIыхужым, ар губжьащ икIи къамэр игъэдалъэу къыбгъэдыхьащ:
- Си напэ техын уи пщэм дэплъхьэжауэ ара?! Тхьэр си бийщ уи кIэтIийр плъэфу уэрамым удэзмыутIыпщхьэжмэ, - жиIэу.
- Апхуэдэ мурад сиIакъым, - жиIащ Лашэ, къызэрыщтар и нэгум къищу. - Уи лIыгъэр згъэщIэгъуат, уи Iуэху зехьэкIэр сигу дыхьати, ар хэтхэ ейми зэзгъэщIэнщ жысIэри уи ужь сыкъиувауэ аращ.
- Абы щыгъуэм плъэгъуар псори зыщыгъэгъупщэ. Ныщхьэбэ къэхъуам теухуауэ дунейм зы псалъэ къытебгъэхьэнщи, зэгъащIэ, узгъэпсэункъым, - жиIащ цIыхубзым.
Бзылъхугъэр псэуху, Агънокъуэм хъыбарыр ибзыщIащ. Ар дунейм ехыжауэ, и дыуэщIыр зэхэту, цIыхухэм къахэувэри, абы хэлъа лIыгъэмрэ гуащIэмрэ и нэгу щIэкIауэ зэрыщытар иIуэтэжащ.
ЦIыхубзыр хэтхэ ей жыфIэрэ фыщIэупщIэмэ, ар ЖынжьакIэхэ я нысэт.
Зытхыжар Бесчокъуэ Далымщ.
Псалъэ пэжхэр
♦КъулыкъущIэкъум фIыкIэ ущымыгугъ.
♦ХакIуитI зы бом щIэхуэркъым, къулыкъущIитI зы пэшым щIэзагъэркъым.
♦Гъавэ хыумысам къэкIыну ущымыгугъ.
♦Жыг щхьэкIэр гъуами, лъабжьэм къыдожыж.
♦Банэ и пIэ удз гъэгъа къикIэркъым.
♦Хабзэ здэщымыIэм насып щыIэкъым.
♦НэхъыщIэу ущымытауэ нэхъыжь ухъунукъым.
♦Нэхъыжьым и пщIэр и ныбжькIэкъым къызэрихьыр, атIэ и хабзэ нэмыскIэщ.
♦ЩхьэкIэм лъабжьэ иIэщ.
♦ЦIыхугъэ зыхэмылъым хабзэ-нэмыскIэ ущымыгугъ.
♦Гъунэгъу мыхъумыщIэм дэпсэугъуейщ.
♦ФIым сыт и куэдагъми, зы Iейм егъэкIуэдыжыф.
♦Iуэхутхьэбзэ пщIауэ ухущIемыгъуэж.
♦Удэплъей защIэ мыхъуу, щIылъэмкIи зэ еплъых.
♦Ныбжьэгъу псоми укъагъэпэжкъым.
♦Нэхъыжь зымылъытэ нэхъыщIэ зэи нэхъыжь хъунукъым.
♦Пасэу жьантIэм ухуемыплъэкI, пхуэфащэмэ, и чэзум къыплъысынщ.
Пщыбий СулътIан.
Адыгэ лIакъуэхэр
Абазэхэхэр курыт лIэщIыгъуэхэм адыгэ лъэпкъхэм я нэхъ инхэм ящыщ зыуэ щытащ, иджы адыгейкIэ (кIахэ адыгэкIэ) дызэджэм хыхьэ зы гупщ. Пасэ зэманым лъэпкъым и цIыхухэр нэхъыбэу зэлэжьу щытар гъавэ щIэнымрэ Iэщ гъэхъунымрэщ, апхуэдэу абыхэм яIэт жыг хадэ хъарзынэхэри. ЩIым къытрах, Iэщым къыпах хъерымкIэ сату дащIырт я гъунэгъу лъэпкъхэм.
XVIII-XIX лIэщIыгъуэхэм Кавказыр къэгъэIурыщIэным хуэунэтIауэ урысей пащтыхьхэм ирагъэкIуэкIа Iуэхугъуэхэм я зэранкIэ абазэхэхэм ящыщу я лъахэм къинэжыгъар цIыхуу исам и Iыхьэ пщIанэрщ. 1863 гъэм генерал Евдокимовым а лъэпкъым ирищIылIа зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ, ахэр Псыжь Iуфэ и тафэ щIыпIэхэм итIысхьэн е 1864 гъэм и мазаем и 1 пщIондэ Тыркум Iэпхъуэн хуейт. Унафэр зымыдахэр хэкум икIыжащ, адрейхэр къуршым ихьэжыгъащ, ауэ бгыхэми ахэр къахъумэфакъым: щIыIэмрэ мэжэщIалIагъэмрэ икIуэдыкIащ. 1901 гъэм абазэхэ адыгэу Кубань областым къинэжар цIыху мини 5-м щIигъуртэкъым.
Абазэхэ адыгэхэр нобэ куэд хъужыркъым. Ахэр щопсэу Хьэкуринэхьэблэ, Мамхэгъ жылэхэм (Адыгэ Республикэ). А жылэхэр тIысауэ щытащ 1862 - 1863 гъэхэм, Хуарзэ псыр яку дэжу. 1958 гъэм Хьэкуринэхьэблэрэ Мамхэгърэ зэгуагъэхьэжри, Щоджэнхьэблэ къуажэ къызэрагъэпэщащ. Адыгэ Республикэр къэунэхуа нэужь ахэр зэгуагъэкIыжри, япэм яIа цIэхэр иратыжащ. А жылэхэм щыпсэухэрщ адыгэбзэм и абазэхэ диалектым ирипсалъэхэр.
«Беслъэней» фIэщыгъэр къэбэрдеипщхэр къызытепщIыкIыжа Инал и къуэ Къэсей и къуэ Беслъэн деж къыщежьэу тхыдэтххэм хуагъэфащэ.
Курыт лIэщIыгъуэхэм беслъэнейхэр Псыжь и адрыщI Лабэ и Iуфэ щIыпIэхэм щыпсэуащ. Беслъэней пщыхэм я къежьапIэр Инал и лIакъуэ Къанокъуэщ, ауэ ахэри унагъуитIу гуэшыжащ - Щолэхъухэрэ Бэчмырзэхэрэ. А унагъуитIым яIэщIэлъащ щIышхуэ, БеслъэнейкIэ еджэу. Беслъэнейхэр къэбэрдейхэм къакIэлъыкIуэу адыгэ лъахэм къуэкIыпIэ лъэныкъуэм щыпсэурт. XIX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм беслъэнейхэр я бжыгъэкIи, я псэукIэкIи адыгэ лъэпкъхэм я нэхъ лъэщхэм ящыщ хъуат. Ауэ абы и цIыху куэд Кавказ зауэм хэкIуэдащ, нэхъыбэж Тыркум Iэпхъуащ. Къэбэрдейхэмрэ кIэмыргуейхэмрэ яку дэса беслъэнейхэр хэкум икIыжа нэужь, зэпыча хъуащ къуэкIыпIэмрэ къухьэпIэмкIэ щыпсэу адыгэхэм я зэпыщIэныгъэр, къэбэрдей адыгэбзэр адрей адыгэхэм я бзэм къыгуэщхьэхукIащ.
Мы зэманым беслъэнейхэр щопсэу Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и Беслъэней, ВакIуэжылэ къуажэхэм, Адыгэ Республикэм хыхьэ Блашэпсынэрэ Улапрэ, Краснодар крайм щыщ Успен районым и Кургъуокъуейрэ Къанокъуейрэ. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, беслъэнейхэр цIыху мини 8-м ноблагъэ, къэбэрдей-шэрджэсыбзэм и беслъэней диалектым иропсалъэ.
НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2048.txt"
} |
Путин Владимир Къэбэрдей-Балъкъэрыр фIыуэ елъагъу
Совет зэманым цIэрыIуэу щыта «Артек» сабий зыгъэпсэхупIэм щызэхуэсащ «Зыгъэпсэхугъуэ ин» цIэр зезыхьэ зэхьэзэхуэм хэтахэр. Мы гъэм абы хиубыдащ 5 - 7-нэ классхэм щIэсхэри. Финалым нэсахэм язщ КъБР-м щыщ Кумыщ Сафие.
Урысейм и Президент Путин Владимир зэпеуэм и кIэух Iыхьэм нэса сабийхэм видеоконференц IэмалкIэ защыхуигъазэм, къэрал лIыщхьэм епсэлъэну хуит ящIа хъыджэбз цIыкIум жиIащ:
«Сэлам узох, Владимир Владимир и къуэ. Япэрауэ, зыкъозгъэцIыхуну сыхуейщ. Сэ Кумыщхэ сарейщ, си цIэр Сафиещ. Дыгъуасэ си ныбжьыр илъэс 12 ирикъуащ. Сэ икъукIэ насыпыфIэ срохъу сыкъыщалъхуа махуэр «Артек» хуэдэ мы щIыпIэ телъыджэм къыщизгъэхьэну къызэрысхуихуам. Сэ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Налшык къалэм сыщыщщ. Си къалэр дахащэщ, ар Урысейм щыщ псоми яцIыхун хуейуэ къызолъытэ».
«Пэжщ жыпIэр. ЩIыпIэ дахащэщ фи республикэм иубыдыр, - къыдиIыгъащ Путиным хъыджэбз цIыкIум и псалъэр. - Сэ зэкъым-тIэукъым абы сызэрыщыIар, куэдрэ лъэрыжэкIэ къыщызжыхьащ фи къурш гъуэзэджэхэм. Япэу а щIыпIэм сыкъыщыщыхутам сигу къэкIар сощIэж. Дыгъэр лъагэу уафэгум иту, уафэр къабзэу махуэ гуакIуэти, асыхьэтым сигу къэкIат: «Иджыри къэс сыту мыр сымылъэгъуарэ, сытуи сехъулIа иджыпсту мы дахагъэм сыIуплъэн хуэдэу си гъащIэр къызэрекIэрэхъуэкIар. Фи щIыналъэм сехъуэпсауэ сыкъэкIуэжауэ щытащ абы щыгъуэ».
Хъыджэбз цIыкIум Президентым жриIэжащ ди республикэм теухуа проект игъэхьэзыру ар зэпеуэм зэрыригъэхьар. «А жыхуэпIэм, Iуэху дахитI щызэтрихьащ мыбдежым. Зыр бгъэхьэзыра лэжьыгъэр екIуу утыку зэрипхьэфарщ, ар уэ къыбдалъхуа Iэзагъщ. ЕтIуанэр ипэм деж зи гугъу щытщIаращ: ар фи щIыналъэм и дахагъырщ».
Сафие и адэ-анэхэу Еленэрэ Зауррэ, фIыуэ илъагъу и шыпхъу нэхъыжь Маринэ сымэ фIыщIэ яхуищIащ а зэпеуэм хэтынымкIэ къазэрыдэIэпыкъуам папщIэ. «Сэри уи фIыщIэ псалъэхэр бдызоIыгъ!» - къыхэуващ хъыджэбз цIыкIум и псалъэ гуапэм Президентыр.
ХъыбарыфIым пэджэжащ КъБР-м и УнафэщI КIуэкIуэ Казбеки. «Езы Сафие, хъыджэбз цIыкIум и адэ-анэм гурэ псэкIэ сохъуэхъу апхуэдэ ехъулIэныгъэм зэрынэсыфам папщIэ. Гугъу зэрызевгъэхьам, ди щIыналъэр фIыуэ зэрыфлъагъум щхьэкIэ фIыщIэ фхузощI», - къритхащ КIуэкIуэ Казбек Инстаграмым щиIэ напэкIуэцIым. - Владимир Владимир и къуэми фIыщIэшхуэ хузощI апхуэдэ псалъэ гуапэхэр къызэрытхужиIам папщIэ».
Чэрим Марианнэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2049.txt"
} |
ЯфIэкIуэдыр нэхъ мащIэ мэхъу
2018 гъэм «Кавказ Ищхъэрэ МРСК» ПАО-м и «Къэббалъкъэнерго» къудамэм электрокъарууэ къыIэрыхьащ киловатт-сыхьэт зы мелардрэ мелуан 525-рэ мин 209-рэ. Илъэсым кърикIуахэм ятепщIыхьмэ, электросетхэм токыу щыкIуэдыр 2017 гъэм елъытауэ процент 0,21-кIэ нэхъ мащIэ щыхъуащ.
IуэхущIапIэм и унафэщI Къарэ Муртаз и псалъэхэм ятепщIыхьмэ, токыу яфIэкIуэдыр зэрагъэмэщIэфам къегъэлъагъуэ IэнатIэм пэрытхэр я лэжьыгъэм зэрегугъур.
2018 гъэм ди деж щызэрахъуэкIащ е щIэуэ щагъэуващ электрокъарур къэзыбж Iэмэпсымэхэу 1572-рэ, къыщапщытащ апхуэдэ Iэмэпсымэхэу мин 81-рэ 261-м я щытыкIэр, «пцIанэ» хъуа кIапсэхэм я пIэкIэ нэхъ фIагъышхуэ зиIэ икIи шынагъуэншэ ВЛ-04кв-р километр 49-м щаукъуэдиящ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэм я дежкIэ абы къокI энергетикхэм къыхуащIэ Iуэхутхьэбзэхэр нэхъ ефIэкIуауэ икIи электрокъарур зэпымыууэ яIэрыхьэу.
2018 гъэм хэщIыныгъэхэр гъэмэщIэнымкIэ нэхъ лэжьыгъэфI зэфIагъэкIащ Iуащхьэмахуэ район электросетхэм (РЭС). Абы электрокъарууэ щафIэкIуэдым процент 14,12-кIэ щыкIэрагъэхуащ. А бжыгъэр проценти 3,04-кIэ нэхъ мащIэщ 2017 гъэм елъытауэ. БлэкIа илъэсым РЭС-р «Кавказ Ищхъэрэ МРСК» компанием щекIуэкIа зэпеуэм тIэунейрэ щытекIуащ.
«Къэббалъкъэнерго»-м апхуэдэу Iуэху зыбжанэ щызэфIагъэкIащ ямытхауэ электрокъару къэзыгъэсэбэпхэр сэтей къэщIыным хуэгъэзауэ: къэпщытэныгъэхэр ирагъэкIуэкIащ, жьы хъуа Iэмэпсымэхэр щIэхэмкIэ зэрахъуэкIащ, хабзэхъумэхэр, район администрацэхэм я лIыкIуэхэр гъусэ ящIри, цIыхухэм гурагъэIуащ электрокъарур ядыгъу зэрымыхъунур. Нэхъ электрокъару нэхъыбэ щадыгъуу къыщIэкIащ Бахъсэн щIыналъэм.
2018 гъэм «Къэббалъкъэнерго»-р хэнейрэ къыщалъытащ иригъэкIуэкI лэжьыгъэмкIэ компанием и къудамэ нэхъыфIу.
ШАЛ Мухьэмэд.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "205.txt"
} |
Мэжджытышхуэр зэрахьэн яух
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Налшык дэт мэжджытышхуэм щыIащ бадзэуэгъуэм и 9-м.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, республикэм и унафэщIым и нэIэ щIэту республикэ мэжджытым щахъуэж ар зыгъэхуабэ хьэкухэр, апхуэдэуи псыр, жьыр, нэхур зезыгъакIуэ Iэмэпсымэхэр, лъэгум илъ алэрыбгъухэр.
Ухуэныгъэхэр зэрекIуэкIым кIэлъыплъа нэужь, КIуэкIуэ Казбек республикэм ис муслъымэнхэм я гукъеуэхэмрэ ахэр зыхуей-зыхуэфIхэмрэ щIэупщIэу дин лэжьакIуэхэм ядэуэршэращ.
ЗэIущIэм кърихьэлIащ Налшык къалэм и унафэщI Ахъуэхъу Таймураз, КъБР-м Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ КIурашын Анзор, Ислъам институтым и ректор Чочаев Шарафутдин, муфтийм и къуэдзэхэу Мысыр Хъызыррэ Сыжажэ Алимрэ.
Чэрим Марианнэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2050.txt"
} |
Дунейм щыхъыбархэр
Телъыджэ
США-м и Массачусетс штатым хыхьэ Провинстаун къалэм щыщ Паккард Майкл иджыблагъэ къыщыщIам и хъыбарыр щызэбграгъэхам, ар зэхэзыхахэм зыжьэу абы хужаIащ: «Джанэ щыгъыу къалъхуащ!» IэщIагъэлIхэм зэрыжаIамкIэ, апхуэдэ къыщыхъур зэзэмызэ дыдэщ - триллионым хуэзэу зэщ.
Дайвингым илъэс 40-м щIигъуауэ дихьэх, псы щIагъым щесыным хуэщIа Iэмэпсымэ нэхъыфIхэри зиIэ цIыхухъум омар къиубыдын мурадкIэ зыщыхидзат Атлантикэ хым Кейп-Код псыдэлъэдапIэр пызыгъэщхьэхукI щIыпIэм деж. Тенджыз щIагъым хуиту щесыф, ар гъэунэхупIэ гуэруи къэзымылъытэ Майкл дихьэхауэ есурэ езыми къыгурыIуакъым джейм и жьэм къызэрыжьэдэхутар. Езым зэрыжиIэжымкIэ, напIэзыпIэм дунейр къытеункIыфIам хуэдэу хъуащ икIи къыгурыIуащ зыгуэрым и жьэм къызэрыжьэдэхутар.
«Сэ зыхэсщIащ сызыжьэдэлъыр зэрымыакулэр - и дзэхэр къысхэуэртэкъым икIи зыри къызэузыртэкъым. Ауэ ар хэтми си зэхуэдэт. Сызыубыда псэущхьэм си дежкIэ мыхьэнэшхуэ дыди иIэтэкъым - сэ а гъэрыпIэм езыр-езыру сыкъикIыфыну сыщыгугъыртэкъым. Си гъащIэ псор си нэгум напIэзыпIэм щIэкIыжащ. Си гур занщIэу жащ си щхьэгъусэмрэ си къуитIымрэ я деж», - жиIэжащ Майкл.
И унагъуэм зэрегупсысу, абы къару къыхыхьэжащ икIи гужьеигъуэм хэхуа цIыхухъум джейм и жьэ кIуэцIым зыщиудыныщIэу хуежьащ.
КъыщыщIынкIэ хъуну псом я нэхъыкIэм Майкл зыхуигъэхьэзырауэ, тенджыз псэущхьэ абрагъуэр псы щIыIум къыдэсеящ. Тхьэм ещIэ - бдзэжьеишхуэIуэ иригъэлъэтэхауэ къыщыхъуа е Майкл кIэрыщIа хьэфэ, гъущI Iэмэпсымэхэр къехьэлъэкIа? Ар псы щIыIум къэсри, и щхьэр иутхыпщIу хуежьащ. А дакъикъэхэр Паккард игъащIэкIэ щыгъупщэнукъым:
- Сэ джейм и жьэм сыкъыжьэдэлъэтыжри, псым сыкъыхэхуэжащ. Си фIэщ хъуртэкъым къызэуэлIа насыпыр - хуит сыхъужат!
Езым зэрыжиIэжамкIэ, ар джейм и жьэм дакъикъэ ныкъуэкIэ е тIэкIу нэхъыбэкIэ жьэдэлъауэ арщ. Езыр хуиту бэуэфырт, псы щIагъым зэрыщес и Iэмэпсымэр иджыри Iулъти.
Дайверым и насып кърихьэкIар фIэщщIыгъуейми, нэрылъагъут. Псэууэ къэна щхьэкIэ, Майкл джейм фIыуэ иудыныщIат икIи а щIыпIэм пэмыжыжьэу бдзэжьей щещэ гупыр мыхъуамэ, езыр хым къыхэмысыкIыжыфынкIи хъунт. Абыхэм щIалэр къапхъуатэри, я кхъухьым ирагъэгъуэлъхьащ.
Паккард и лъакъуэхэр къыщIэувэртэкъыми, ахэр къута и гугъащ. Бдзэжьеящэхэм «джейм и хьэщIар» сымаджэщым нагъэсащ икIи дохутырхэм ар сыт и лъэныкъуэкIи зэпаплъыхьащ, и узыншагъэр къапщытащ. Къутагъэ иIэу къыщамыгъуэтым, и кIуэцIкIи, и IэпкълъэпкъкIи узытегузэвыхьын фэбжь иIэу къыщамыхутэм, а махуэ дыдэм ар унэм ягъэкIуэжащ. Дохутырхэм зэрыжаIамкIэ, Майкл ещIэкъуауэу фIэкIа иджыри зыкъомрэ къыхуэкIухьынукъым, ауэ къыщыщIынкIэ хъуну щытам елъытауэ ар езым зыуи къридзэркъым.
♦Иракым щагъэлъапIэ я революцэм и махуэр. Къэралыр зи унафэм щIэт пащтыхьыр 1958 гъэм традзри, Иракыр Республикэ хабзэм зэрытеувэр хэIущIыIу ящIащ.
♦Осетие Ипщэм щыIэ мамырщIэкъу къарухэм я махуэщ
♦1789 гъэм Бастилиер (Париж) къыщащта махуэщ. Франджы революцэшхуэм щыщIидза махуэу ягъэлъапIэ ар.
♦1860 гъэм Урысейм и къэрал банкыр къызэрагъэпэщащ.
♦1867 гъэм Инджылызым щыIэ Рэдхилл мывэ къыщIэхыпIэм Нобель Альфред япэ дыдэу щигъэлъэгъуащ къигупсыса динамитым и лъэщагъыр.
♦1896 гъэм Новгород Ищхъэрэм щекIуэкIа выставкэм щагъэлъэгъуащ япэ урыс автомобилыр.
♦1897 гъэм Урысей къэралыгъуэм тхьэмахуэ махуэр зыгъэпсэхугъуэу зэрыщыщытынум теухуа унафэ къащтащ.
♦1901 гъэм Москва къыщызэрагъэпэщащ цIыхухэр фадэм демыгъэхьэхыным хуэгъэпса зэгухьэныгъэр.
♦1903 гъэм лажьэу яутIыпщащ Транссыбыр гъущI гъуэгур.
♦1909 гъэм къызэIуахащ Сочэ и иджырей зыгъэпсэхупIэ зэпэщхэм лъабжьэ яхуэхъуа «Кавказская Ривьера» санаторэр. ЦIыхухэм я нэгузегъэужьыпIэфIу къалъытэу ар нобэм къыздэсым мэлажьэ.
♦1917 гъэм Финляндием автономие игъуэтащ.
♦1939 гъэм Магадан къуажэр къалэ хъуащ.
♦1941 гъэм япэ дыдэу зауэм къыщагъэсэбэпащ БМ-13 Iэщэр, совет сэлэтхэм гъэфIэгъыцIэу «Катюша» зыфIащауэ щытар.
♦1945 гъэм Париж къалэм ТекIуэныгъэм и парад щекIуэкIащ. Япэ иту уэрамым ирикIуащ Франджым и ЛIыхъужь Хьэгъундокъуэ Елмэсхъан.
♦1946 гъэм къыдэкIащ США-м щыщ сабий дохутыр Спок Бенджамин и тхылъ цIэрыIуэр - «Сабийм кIэлъыплъынымрэ ар гъэсэнымрэ» зыфIищар.
♦1956 гъэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм къэрал пенсэхэм ятеухуа законыр къищтащ.
♦1957 гъэм Налшык щекIуэкIащ СССР-м ис лъэпкъ псоми я тхакIуэхэм я лIыкIуэхэр зыхэта пшыхь гъэщIэгъуэн.
♦1965 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым уэрэдымрэ къафэмкIэ и «Кабардинка» къэрал ансамблыр къафэмкIэ «Кабардинка» ансамблу зэрахъуэкIащ.
♦1993 гъэм НТВ телеканалыр къызэрагъэпэщащ.
♦1904 гъэм къалъхуащ адыгей тхакIуэ Щоджэн Iэюб.
♦1928 гъэм къалъхуащ куржы тхакIуэ, Лениным и цIэр зезыхьэ саугъэтыр зрата Думбадзе Нодар.
♦1936 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ цIэрыIуэу щыта, КъБАССР-м и Министрхэм я Советым и УнафэщIу 1988 - 1991 гъэхэм лэжьа Мамхэгъ Михаил.
♦1945 гъэм къалъхуащ совет спортсмен, лыжэм тету лъагапIэм къелъэнымкIэ олимп чемпион, гъэсакIуэ Белоусов Владимир.
♦1961 гъэм къалъхуащ адыгей усакIуэ, тхакIуэ ГутIэ Саният.
♦1986 гъэм къалъхуащ урысей уэрэджыIакIуэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ Телегинэ Пелагея.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 25 - 26-рэ, жэщым градус 17 - 19 щыхъунущ.
Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2051.txt"
} |
Алыхьым пэгъунэгъу ухуэзыщI Iуэхугъуэ
Къурмэн укIыныр муслъымэным и фарзхэм Iэмал имыIэу игъэзэщIэн хуейхэм) ящыщщ. Ар Алыхьым и арэзыщIыныгъэр къызэралэжь, Тхьэм пэгъунэгъу ухуэзыщI Iуэхугъуэщ икIи мы гъэм тохуэ бадзэуэгъуэм и 20 - 22 махуэхэм. Дауэ атIэ Къурмэныр къызэрежьар икIи сыт абы щхьэусыгъуэ хуэхъуар?
Къурмэн укIыным къежьапIэ хуэхъуар Тхьэр арэзы зыхуэхъун бегъымбар лъапIэхэу Ибрэхьимрэ абы и къуэ Исмэхьилрэщ. Дунейм и тепщэм Ибрэхьим бегъымбарыр «Алыхьым фIыуэ хилъагъукIа» фIищауэ КъурIэн ЛъапIэм къыщегъакIуэ. Пэж дыдэу, Къытщхьэщытым апхуэдэу лъагэу хиIэтыкIыфынур щытхъу нэс зыхуэфащэрат.
«Вавилон» цIэр иIэу тхыдэм хыхьа къалэм Ибрэхьим къыщалъхуащ. Бегъымбар хъунур иджыри сабийуэ, абы и унагъуэр Хьэрран Iэпхъуащ.
А щIыпIэм щыпсэухэм зыхуагъэщхъырт вагъуэхэмрэ дунейхэмрэ (планетэхэмрэ). Абыхэм я гугъэт гъащIэр вагъуэхэм зрагъакIуэу, цIыхухэм я насыпымрэ ехъулIэныгъэмрэ вагъуэбэхэм епхауэ. Арат къызыхэкIар дунейхэмрэ вагъуэхэмрэ я щIыхькIэ дауэдапщэ зэмылIэужьыгъуэхэр ирагъэкIуэкIыныр икIи абыхэм тыхь хуащIыныр. КъищынэмыщIауэ, хьэррандэсхэм зыхуагъэщхъырт мывэм къыхэщIыкIахэм, езыхэм я IэкIэ ящIауэ.
А щыуэныгъэм Ибрэхьим щIапIыкIырт икIи егупсысырт зэхэщIыкIыншэу цIыхухэр зэрыпсэум. Сыт мывэм зыщIыхуэбгъэщхъынур, абы жэуап къуимытыфынумэ? Вагъуэхэм, дыгъэм, мазэм сыт тыхь щIыхуэпщIын хуейр, чэзууэ зыр адрейм ихъуэжу уафэм щиткIэ икIи зыри щабгъэдэмылъкIэ? Ар кIэлъыплъырт цIыхухэр я фIэщхъуныгъэм зэрытетым икIи ялэжьхэм я мыхьэнэм зэремыгупсысым. Мывэм сын къыхэпщIыкIыу дауэ абы зэрызэхуэбгъэщхъынур? Дауэ къызэрыхъуфынур цIыхум езым и IэмкIэ тхьэр къигъэщIрэ ар езым нэхърэ нэхъ зэфIэкIышхуэ зиIэу игъэIуныр? Ар Ибрэхьим и акъылым къитIасэртэкъым. ЦIыхухэм тхьэ гуэрхэм зыщIыхуагъэщхъым и щхьэусыгъуэмкIэ щыщIэупщIэкIэ, абы жэуапу къратырт я адэжьхэм апхуэдэу ящIэу зэралъэгъуар. Адэжьхэм, абыхэм я адэжхэм я щыуэныгъэр къаIэрыхьамэ-щэ? Я адэшхуэхэр, абыхэм я адэжхэр къамылъху щIыкIэ фIэщхъуныгъэ нэпцIыр къежьамэ-щэ?
КъызэрыщIэкIымкIэ, пцIыр пасэ дыдэу цIыхухэм къахыхьэу абыхэм я деж зыщигъэбыдауэ щытыфынущ, а зыри къызэрымыкI хабзэр къыщежьар зыщIэж щымыIэу. Жэуапхэр имыгъуэтми, Ибрэхьим ерыщу пэжыр къилъыхъуэрт икIи пэжыр зи лъабжьэ щIэныгъэр Алыхьым мыгувэу къыхуигъэкIуащ, И ГущIэгъум хуэкIуэ гъуэгу захуэр иригъэлъагъуу.
УвыIэгъуэ имыIэу илъэс куэдкIэ цIыхухэр дин пэжым къыхуриджа иужькIэ, Алыхьым Ибрэхьим унафэ хуищIащ и унагъуэмрэ лъэпкъымрэ ибгынэну. Абы иунэтIащ Тхьэм фIыуэ илъэгъуа Хьэнаан (Палестинэ) щIыналъэм. Езым дэщIыгъут и къуэшым и къуэ ЛутIрэ и щхьэгъусэ Сарэрэ. Зэман дэкIри, мэжэщIалIэныгъэм абырэ Сарэрэ Мысырым къыщигъэхутащ.
А щIыналъэм зыщрихьэлIа пащтыхьым Хьэджэр зи цIэ цIыхубзыр унэIуту къаритащ. Абы дин пэжыр къищтэри, Алыхьым и лIыкIуэм щхьэгъусэ хуэхъуащ. Езым сабий къыхуэлъхутэкъыми, Сарэ а Iуэхугъуэм пэщIэувакъым.
Ибрэхьим Палестинэм къэкIуэжащ Сарэрэ Хьэджэррэ и гъусэу. Мыгувэу Ибрэхьимрэ Хьэджэррэ Исмэхьил зыфIаща сабийр Алыхьым къаритащ.
Алыхь Лъагэм Ибрэхьим къыхуищIа унафэхэм ящыщ куэдыр зэ еплъыгъуэкIэ гъэщIэгъуэн къыпщохъу, языныкъуэхэм и деж уеблэмэ гущIэгъуншэу. АрщхьэкIэ дэ зыщыдгъэгъупщэн хуейкъым мы дунейм теухуауэ псори къызэщIэзыубыдэ щIэныгъэ Алыхьым зэриIэр, абы къыхэкIыу елъагъу цIыху къызэрыгуэкIхэми и лIыкIуэхэми ямылъагъунур. Къапщтэмэ, Ибрэхьим унафэ хуищIат и етIуанэ щхьэгъусэ Хьэджэр сабий цIынэр дэщIыгъуу къумым къринэну.
Иджыпсту Мэккэ къалэр здэщыIэ мывалъэ щIыпIэм ахэр къишэщ, псырэ яшхын тIэкIурэ къахуигъанэри, езыр IукIыжащ.
- Дэ мыбдежым дыкъыщыбгъэнэну унафэ къыпхуэзыщIар Алыхьра? - еупщIащ Хьэджэр бегъымбарым.
- Аращ, - жэуап къитащ Ибрэхьим.
- Апхуэдэу щыщыткIэ, дыщIэгузэвэн щыIэкъым, - жиIащ пэжыщIэ фызым.
Псыр мыгувэу яухащ икIи Хьэджэр дэIэпыкъуныгъэ лъыхъуэу ежьащ. Ар Iуащхьэ цIыкIум, иджыпсту СафэкIэ зэджэм, дэкIуеящ цIыху аддэ жыжьэу щыIэмэ еплъыну. ИтIанэ къехыжри, фызыр адрей Iуащхьэм, Маруэ зи цIэм, хуэжащ, ауэ гъащIэм и нэщэнэ гуэри зыщIыпIи щилъэгъуакъым.
Апхуэдэурэ блэнейрэ къижыхьа иужькIэ, абы Исмэхьил и деж къигъэзэжащ икIи и нэхэм ялъэгъуар и фIэщ хъуакъым: и пащхьэм псынэ къыщыIуиудащ.
А псынэм Зам-Зам фIищащ. ХьэжыщI кIуэхэм а псыр нобэми ираф икIи къыщыкIуэжкIэ къыздахь.
Абы псы кърихыу фызыр хуежьащ. ПэжыщIэ Хьэджэррэ Исмэхьил цIыкIурэ псынэм и деж щыпсэу хъуащ, дызэрыщыгъуазэщи, Зам-Зам псым псыхуэлIэм къищынэмыщIауэ, мэжэщIалIэри пщхьэщех.
Зэман дэкIауэ псынэм пэгъунэгъуу цIыху гуп блэкIырт. Хьэджэррэ Исмэхьилрэ къыщалъагъум, ахэр щIэлъэIуащ псы ефэну хуит ящIыну. Хьэджэр абыхэм япэрыуакъым. ГъуэгурыкIуэхэм а щIыпIэр ягу ирихьащ икIи игъащIэкIэ щыпсэуну къэнащ.
ЗэрыжаIэжымкIэ, Ибрэхьим Хьэджэррэ Исмэхьилрэ щIэупщIэну Мэккэ къакIуэрт, кIэлъыплъырт и къуэр зэрыхэхъуэм икIи и гъэсэныгъэм хэтт. Апхуэдэурэ Исмэхьил нэхъ ин хъуащ, махъшэм тесыфу, шабзэ игъэуэфу зригъэсащ.
Ибрэхьим игъэхутэныр ар жьы дыдэ щыхъуами Алыхьым зэпигъэуакъым.
Бегъымбарыр зэгуэрым епщIыхьащ и къуэ закъуэр тыхь хуищIыну Къытщхьэщытым унафэ къыхуищIауэ…
- Алыхьым унафэ къысхуригъэхащ уэ тыхь ухуэсщIыну. Сыт абы теухуауэ жыпIэн, си къуэ? - еупщIащ Ибрэхьим и къуэм.
- Си адэ! ДыкъэзыгъэщIам и унафэр гъэзащIи, уэ плъагъунщ, Алыхьым и IэмыркIэ, сэ зышыIэныгъэ зэрысхэлъыр, - жэуап къритащ абы Исмэхьил.
Алыхьым и унафэр къызэрыгуэкIыу къыщытщымыхъу щыIэщ. Ауэ хэтыт, Къытщхьэщытым и закъуэ фIэкIа зи гур емыта Ибрэхьим бегъымбарым къищынэмыщIа, апхуэдэ унафэ зыгъэзэщIэфынур? Ар тегушхуащ. А псом ищIыIужкIэ, а IуэхугъуэмкIэ дэIэпыкъуэгъу къыхуэхъуащ зи псэр зытын хуей и къуэр. ТIуми къагурыIуэрт, Алыхьращ гъащIэр къезытари къеIызыхыжыфынури, икIи жыIэдаIуэныгъэ къагъэлъэгъуащ.
ДыкъэзыгъэщIам и унафэр игъэзэщIэн папщIэ сэр щиIэтым, Къытщхьэщытым Ибрэхьим хъыбар къыIэригъэхьащ, и гъэхутэныгъэр пщIэ пылъу зэригъэзэщIамкIэ икIи Исмэхьил лажьи хъати имыIэу къызэрынэмкIэ. Абы щыгъуэм унафэ къахуищIащ къурмэну мэл яукIыну - гуфIэгъуэм зэщIищта зэадэзэкъуэм ар ягъэзэщIащ.
Алыхьым абыкIэ къагуригъэIуащ Ар апхуэдэ тыхь зэрыхуэмыныкъуэр икIи цIыху гъащIэр –тыгъэ инщ, хуэфэщэн пщIэ хуэтщIын хуейуэ.
А къэхъуар муслъымэнхэм илъэс къэс Гьид Аль Адхэ (Къурмэн хьид) IуэхугъуэмкIэ ягъэлъапIэ, унагъуэ Iэщхэр къурмэн ящIрэ къулейсызхэмрэ тхьэмыщкIэхэмрэ ягъашхэу.
Ибрэхьимрэ Исмэхьилрэ Алыхьым зыщыхуагъэщхъыну щIыпIэм и лъабжьэр иужькIэ ягъэтIылъащ, нобэ ар Мэккэ къалэм къыщыбгъуэтынущ. Дуней псом муслъымэну тетым нэмэз щащIкIэ я гупэр зыхуагъазэ Каабэ ЛъапIэр ухуэн щIэзыдзар а цIыху телъыджитIращ. Диныр зи фIэщ хъу дэтхэнэ зы цIыхури къыщыхутэну зыщIэхъуэпс езы Жэнэт дыдэм къикIа мывэр абыхэм ягъэуващ.
Каабэр щаухуэм Ибрэхьим дыуэ ищIащ, дунеитIми цIыхухэм насып щаIэн папщIэ бзэ дахэ зыIурылъ цIыху я унагъуэм щыщу къахуигъэкIуэну щIэлъэIуу. Фэ, дауи, къывгурыIуагъэнщ зи гугъу ищIыр Тхьэм и нэфIыр зыщыхуа Мухьэммэд бегъымбарырауэ зэрыщытым. Ибрэхьим и тхьэлъэIум Алыхьым жэуап къритынущ икIи илъэс куэд дыдэ дэкIа иужькIэ абдежым къыщалъхунущ ди Бегъымбар ЛъапIэ Мухьэммэдыр, Алыхьым и нэфIыр зыщыхуар.
ДыкъэзыгъэщIам, къищынэмыщIауэ, Ибрэхьим унафэ хуищIащ мы щIыпIэр Алыхь Лъагэм зыхуагъэщхъыну Каабэ къэкIуэнухэм папщIэ иригъэкъэбзыкIыну. Апхуэдэ щIыкIэкIэ хьэжым теухуа хъыбарыр - нэгъуэщIу жыпIэмэ, фIэщхъуныгъэ зиIэхэр илъэсищэ куэдкIэ мы щIыпIэ лъапIэм къызэрыкIуэнур - Алыхьым Ибрэхьим иригъэщIащ.
Я ныбжьыр хэкIуэта пэтми, ДыкъэзыгъэщIар Сарэрэ (бын къызыщIэмыхъуэу щыта и япэ фызращ) Ибрэхьимрэ иджыри зы къуэкIэ – ИсхьэкъкIэ – къахуэупсащ. Ибрэхьим и унэм къекIуэлIа мелыIычищым щIэблэ зэраIэнумкIэ хъыбар кърагъэщIами, Сарэ и насыпыр и фIэщ хъуртэкъым, жьы зэрыхъуам къыхэкIыу. АрщхьэкIэ, дэ зэрытщIэщи, Алыхьым сытри хузэфIокI икIи «кърехъу» жиIэмэ, ар къэхъун папщIэ нэгъуэщI зыри хуейкъым. Дауи, Къытщхьэщытым и дежкIэ гугъутэкъым Ибрэхьим и щIэблэр и къуэ ИсхьэкъкIэ хигъэхъуэну.
Ибрэхьим и къуитIми бегъымбарыгъэ ябгъэдэлъащ, лъэпкъ инитIым я къежьапIэ хъури. ИужькIэ ахэр дунейм щызэкIэщIэкIынущ икIи абыхэм къатехъукIынущ иужьрей дыдэ Бегъымбар икIи ЛIыкIуэ Мухьэммэд (Алыхьым и нэфIыр зыщыхуар).
Апхуэдэущ къызэрежьар Къурмэн лъапIэр. Ар муслъымэнхэм ди фарз хъуащ. Дэтхэнэм и нэмэзри къурмэнри къабыл Алыхьым ищI!
Къэхъун Бэч.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2052.txt"
} |
Щэнхабзэ зэхэдзэ
«Гъэмахуэ утыку» фIэщыгъэм щIэту Налшык махуиплIкIэ щекIуэкIащ щэнхабзэм и фестиваль гъэщIэгъуэн.
«Ored Recordings» гупымрэ Налшык къалэ округым и Администрацэмрэ къызэрагъэпэща а Iуэху дахэм уэрэджыIакIуэхэмрэ макъамэтххэмрэ псалъэмакъ щхьэпэхэр щрагъэкIуэкIащ, къызэхуэсахэм я нэгу зыщрагъэужьащ.
Къэбэрдей уэрамым и лъэсырызекIуэ гъуэгум макъамэм и мызакъуэу, цIыху IэпщIэлъапщIэхэм я IэдакъэщIэкIхэм я гъэлъэгъуэныгъэ удэзыхьэхи щащIат.
Хамэ къэралхэм, ди къэралым и щIыналъэ куэдым щыщ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэхэм зыкърагъэхьэлIат абы. Кавказ Ищхъэрэм макъамэм ехьэлIауэ мыпхуэдэ зэхыхьэр щыяпэу жыпIэ хъунущ.
Мыбы ипэкIэ Налшык щекIуэкIауэ щыта «Atazhukin Sound», «Pre-Party» фестивалхэмкIэ иджырейм пежьауэ къэплъытэ хъунущ.
Лекцэхэмрэ макъамэм хухэха программэмрэ къищынэмыщIауэ, кърихьэлIахэр я зэфIэкI щеплъыжащ стIолыщхьэ джэгукIэ зэмылIэужьыгъуэмрэ скалодромымрэ.
Къызэбгъэпэщ пшыхьхэм цIыху нэхъыбэ къызэрепшэлIэфыну Iэмалхэм, модэм, творчествэм, нэгъуэщI куэдми теухуа лекцэм ирагъэдэIуащ, документальнэ фильм кIэщI цIыкIухэм къызэхуэсахэр ирагъэплъащ.
Лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ куэдым я щэнхабзэ, макъамэ щызэхэухуэна фестивалым и беягъым уитхьэкъурт.
Япэ махуэм утыкум къихьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ уэрэджыIакIуэхэр. Милосердовэ Еленэ езым иуса уэрэдхэр игъэзэщIащ, абы къыкIэлъыкIуащ «BZU» гуп телъыджэр. Ар ди республикэм и гуп нэхъ гъэщIэгъуэнхэм ящыщу къалъытэ.
ЕтIуанэ махуэр гитарэкIэ яуса макъамэхэмрэ уэрэдхэмрэ хухахат. Куэдым яфIэфIу едэIуащ «Бром» гупым. Налшык щыщ «Unkle Krist» рок-гупым макъамэм и жанр зэмылIэужьыгъуэхэр гъэщIэгъуэну зэрызэхэзагъэр къызэхуэсахэм зыхрагъэщIащ. ЩIэщыгъуэт етIуанэ махуэр зэхуэзыщIыжа «Деревянные киты» гупым (Мурманск щыщщ) ягъэзэщIахэри.
Ещанэ махуэм кърихьэлIахэм я гукъыдэжыр къаIэтащ «ЙФВЛ» гупым. Абыхэм иджыблагъэ Италием зыкъыщагъэлъагъуэри къэкIуэжа къудейуэ арат. ЗыкIи нэхъ кIащхъэтэкъым Москва къикIа «USSSY» гупым хуаIэта Iэгуауэхэри. Абыхэм я уэрэдхэм афган, узбек, индийскэ макъамэхэм я нагъыщэхэр щIэлът.
Фестивалым и иужьрей махуэм утыкум къихьащ куэдым фIыуэ ялъэгъуа «Jrpjej» уэрэджыIакIуэхэр. Адыгэбзэм и дахагъэмрэ абы и IукIэ телъыджэмрэ я щыхьэту, гупым хэтхэм ягъэзэщIащ лъэпкъым куэд щIауэ къыдэгъуэгурыкIуэ уэрэдыжь гъащIэщIэ зратыжахэр.
Франджым къикIа «S’adouno» гупми яфIэтелъыджэу едэIуащ цIыхухэр. Виолончелым еуэ Сержан Антуанрэ скрипкэм макъамэ гъэщIэгъуэнхэр къизыгъэкI Бративеиль Марьюнрэ европей, кавказ макъамэхэр зэхалъхьэрти, телъыджэу ягъэIурт.
Щэнхабзэ фестивалым къалэн зыбжанэ игъэзэщIащ: абы дунейм лъэпкъыу тетым я щэнхабзэр зэрызэхэзагъэр, зэгъусэу зы утыку узэритыфынур къыдгуригъэIуам и мызакъуэу, зэкъуэувэхэм къагъэщI дуней телъыджэм и къулеягъыр дигъэлъэгъуащ.
Инэрокъуэ Данэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2053.txt"
} |
Кбаадэ-Къуэбыдэ
Лъахэхутэ-лъахэдж цIэрыIуэ Ефремов Юрий Хэку зауэшхуэм ипэкIэ къызэхикIухьауэ щытащ адыгэ-убых-абазэ лъэпкъ зэрыбыныр Iуву щыпсэуа КъухьэпIэ Кавказым и плIанэпэ куэд. ТхакIуэм и IэдакъэщIэкIщ илъэс пщIы бжыгъэм къриубыдэу зэлъищIыса гъуэгуанэм щилъэгъуахэмрэ гупсысэу къыщыпкърыхьахэмрэ щытетхыхьыжа, «Хы ФIыцIэ Iуфэм егъэщIылIа бгылъэ лъагъуэхэмкIэ» («Тропами горного Черноморья») и тхылъ гъуэзэджэр.
ЩIалэ гурыхуэ, гумызагъэ, щIыпIаплъэ телъыджэ Ефремовым фIэгъэщIэгъуэн хъури, Кавказыр Урысей къэралыгъуэм къызэризэуа щIыкIэм теухуа дэфтэрхэр Мэзкуу дэт тхылъ хъумапIэхэм къыщилъыхъуэжат.
- Нэхъапэхэм сыдэзыхьэхыу щытар Хы ФIыцIэ Iуфэм егъэщIылIа щIыпIэхэм я зэхэлъыкIэм и закъуэт, - игу къегъэкIыж Ефремовым. – АрщхьэкIэ, абыкIэ зэрызэфIэмыкIынур щIэх дыдэу къызгурыIуэжри, Сочэ пэгъунэгъу Къуэбыдэ (Красная поляна, Кбаадэ) и тхыдэм щыгъуазэ зыхуэсщIыну мурад сщIащ. И пэщIэдзэу, Хы ФIыцIэ Iуфэм и гъунэгъу бгылъэ щIыпIэхэм къыщызыущыхьын зи щIасэхэм къахуэзэ лъахэрыгъуазэхэм я тхыгъэ кIэщIхэм набдзэгубдзаплъэу сыхэплъэжащ. Фи фIэщ зэрыхъун - абыхэм зи гугъу тщIы щIыналъэм и къекIуэкIыкIам теухуауэ зы псалъэуха «узынши» и кIэм нэгъэсауэ сащрихьэлIакъым. Уегупсыс хъунут гъуэгугъэлъагъуэхэр апхуэдэ хъыбархэм щымыгъуазэу, арщхьэкIэ, итIани, Iуэхур нэхъ жыжьэ щыIэу къыщIэкIащ…
Ефремовым зэритхымкIэ, Къуэбыдэ и Iэшэлъашэм теухуауэ нэхъыбэ зэзыгъэщIэну гукъыдэж зыщI дэтхэнэми нэхъ хуэщхьэпэнут, а щIыпIэм и мызакъуэу, Кавказ КъухьэпIэ псоми ижькIэрэ къыщекIуэкIа Iуэхугъуэхэм нэхъыфIу хэзыщIыкI цIыхухэр ядэлажьэмэ.
- Кавказым зыщызыгъэпсэхухэр дэзыхьэхын хуейр зыIуплъэ дунейм и дахагъэм и закъуэкъым, атIэ и лъэр здынихус щIыгум нэхъапэкIэ щыпсэуа лъэпкъхэм я тхыдэми хищIыкIыпхъэщ, - щыжеIэ адэкIэ лъахэхутэ цIэрыIуэм зи гугъу тщIы и тхылъым.
Ефремов Юрий зэреплъу щытамкIэ, КъухьэпIэ Кавказыр Урысейм къизэун щыщIидзари щиухыжари Къуэбыдэ къуэладжэрщ. Сыту жыпIэмэ, япэрауэ, щхьэхуиту псэуным пащI щымыIэу, бийм пэува бгырысхэм къахэкIакъым а щIыпIэм щыпсэуахэм нэхъ ерыщ. ЕтIуанэрауэ, апхуэдэу къызэрекIуэкIам и зы щхьэусыгъуэщ (тхакIуэм къызэрилъытэмкIэ) къурш жьанэхэм дэнэ лъэныкъуэкIи къаухъуреихьа къуэладжэр а зэманым екIуэлIэгъуейуэ, адрей щIыналъэхэми япэIэщIэу зэрыщытари.
Къуэбыдэ и тхыдэм щыщщ XIX лIэщIыгъуэм и 30 гъэхэм Урысей къэралыгъуэм Хы ФIыцIэ Iуфэм щиухуауэ щыта быдапIэхэр егъэзыгъэкIэ зэрызэтракъутэжауэ щытари, пащтыхьым и тIасхъэщIэх Торнау Федор и щэхурыкIуэ зекIуэхэм ящыщ зыр мы щIыпIэм зэрыщыпхыкIари…
КЪУМАХУЭ Аслъэн.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2054.txt"
} |
Лъагъуныгъэмрэ нэмысымрэ
Тхьэмахуэ блэкIам ди къэралым щагъэлъэпIащ Унагъуэм, лъагъуныгъэм, зэхуэпэжыным я махуэр. Жылагъуэм мыхьэнэшхуэ щызиIэ а Iуэхугъуэшхуэм теухуа лэжьыгъэ щхьэпэхэр щекIуэкIащ ди республикэми. Абы ехьэлIа махуипщI лэжьыгъэ къыщызэрагъэпэщащ зи къалэнхэр унагъуэм, бзылъхугъэм, сабийм епха къэрал, жылагъуэ IэнатIэхэм.
Республикэм и къалащхьэ Налшыки щекIуэкIащ унагъуэм и махуэшхуэр щагъэлъэпIа зэхуэсхэр. Къалэ администрацэм и унэм къыщызэрагъэпэща гуфIэгъуэ пшыхьым ирагъэблэгъащ насыпкIэ Тхьэр зыхуэупса, зэгурыIуэрэ зэдэIуэжрэ, хабзэрэ нэмысрэ щызекIуэ, зи жьэгу пащхьэм хуабагъэ дэлъ унагъуэ дахэхэм я нэхъыжьыфIхэр. Илъэс 25-рэ нэхърэ мынэхъ мащIэ хъуауэ зэдэпсэу, быныфIхэри зи Iэужь апхуэдэ зэщхьэгъусэхэр 20 хъурт. Абыхэм гуапэу зыхуагъэзащ щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Пащты Аслъэнрэ администрацэм и ЗАГС къудамэм и унафэщI Шэру Валентинэрэ.
- Ди къэралым гулъытэшхуэ щыхуащI унагъуэхэм яIэ псэукIэр егъэфIэкIуэным. Абы и щыхьэтщ бын зыпI унагъуэхэм, сабийхэм зэрызыщIагъакъуэ Iэмал куэдыр, - жиIащ Пащтым. – Нобэ ди гуапэу дынывохъуэхъу Унагъуэм, лъагъуныгъэм, зэхуэпэжыным я махуэмкIэ. Унагъуэращ къэралым и тегъэщIапIэр, ар зэрызэхэт Iыхьэр. Фэ фхуэдэ унагъуэ дахэхэр щапхъэ яхуохъу зэщхьэгъусэ хъуагъащIэхэм. Фи зэхуаку дэлъ гуапагъэм хэмыщIу, гъащIэм щынэхъыщхьэ пэжыгъэмрэ цIыхугъэ лъагэмрэ вбгъэдэлъу, ахэр зи гъуазэ щIэблэ къыфщIэхъуэу Тхьэм иджыри илъэс куэдкIэ фызэдигъэпсэу.
Пащтым и псалъэм пищэу, зэхуэсым кърагъэблэгъахэм захуигъэзащ Шэру Валентинэ.
- «Насыпыр Iыхьэ куэд мэхъу», - жаIэ игъащIэми, арщхьэкIэ псоми и мыхьэнэкIэ йолъэгэкI унагъуэ насыпыр. Апхуэдэ фIыгъуэкIэ Тхьэшхуэр зыхуэупсахэм ящыщ фэри, ди щIыналъэм и адрей унагъуэ дахэхэми си гуапэу сохъуэхъу махуэшхуэмкIэ, - къыхигъэщащ абы. - Фызинэхъыжь жьэгур уардэ унэу, фи Iэнэгум берычэтыр щытепщэу, хьэщIэ етIысэхыпIэрэ унапIэ махуэу, фызэкъуэту, гъащIэм гу щыфхуэрэ абы и IэфIыгъэ псори зыхэфщIэу, фи быным, абыхэм къащIэхъуэ фи щIэблэм я насыпым, ехъулIэныгъэхэм фригушхуэу куэдрэ Тхьэм фигъэпсэу.
Зэхуэсым кърагъэблэгъа зэщхьэгъусэхэм иратащ «Лъагъуныгъэмрэ зэхуэпэжыныгъэмрэ папщIэ» медалхэр, щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр. ЗэIущIэ гуапэм и кIэухыу фэеплъ сурэтхэр зытрагъэхащ.
Дахагъэмрэ гуапагъэмрэ зи Iэпэгъуу илъэс куэд лъандэрэ зэдэпсэу зэщхьэгъусэ псоми дэри дохъуэхъу фи цIыхугъэ инымрэ нэмыс лъагэмрэ къакIэрымыхуу гъащIэшхуэ къэвгъэщIэну, фи псэр зыщIэхъуэпс, насыпу къилъытэ псомкIи Тхьэр къыфхуэупсэну.
ЖЫЛАСЭ Маритэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2055.txt"
} |
ЩIалэгъуалэм зезыгъэужь Iуэху
ЩIалэгъуалэм я IV Лъэпкъ кинопремием хэтыну хуейхэм я тхылъхэр Iахын щIадзащ. Абы я фильм ирагъэхь хъунущ зи ныбжьыр илъэс 18 - 35-хэм къриубыдэ режиссёрхэм, кинематографистхэм.
ЩIалэгъуалэ Лъэпкъ премиер илъэс къэс ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ федеральнэ агентствэр и щIэгъэкъуэну къызэрегъэпэщ Урысейм щэнхабзэмкIэ и центрым. Мы гъэм зэпеуэр къыкIэлъыкIуэ унэтIыныгъэхэмкIэ гуэшауэ щытынущ: «Короткометражнэ фильм нэхъыфI», «СмартфонкIэ траха фильм нэхъыфI», «Документальнэ фильм нэхъыфI», «Полнометражнэ фильм нэхъыфI», «Анимационнэ фильм нэхъыфI», «Социальнэ фильм нэхъыфI». Къыхэгъэщыпхъэщ зэпеуэм хэтынухэм лэжьыгъэ зырыз фIэкIа къагъэлъэгъуэну зэрыхуимытыр.
А Iуэхум ехьэлIауэ «Роскультцентр» IуэхущIапIэм и унафэщI Абрамовэ Маринэ и еплъыкIэр жиIащ.
- ЩIалэгъуалэм дазэрыдэIэпыкъу Iэмалхэмрэ абыхэм едгъэлъагъу хэкIыпIэхэмрэ нэхъыбэу едгъэфIэкIуэху, ахэр щылажьэ IэнатIэхэм зыужьыныгъэ ягъуэтынущ. Мы зэпеуэр илъэс къэс идогъэкIуэкIри, дапщэщи абы щIэ гуэр зэрыхэтлъхьэным, кинематографист ныбжьыщIэ нэхъыбэ къызэрыхэтшэным дыхущIокъу. Псоми зэрытщIэщи, щIэупщIэ зиIэ фильмхэм я лIэужьыгъуэхэм захъуэж зэпытщ, абы къыхэкIыу нэгъуэщI IэщIагъэлIхэм дахуей мэхъу, Iуэху еплъыкIэ щIэщыгъуэ зиIэ дапщэщи къыдолъыхъуэ. Зэпеуэм пашэ щыхъухэр утыку ин ихьэну, я зэфIэкI къагъэлъэгъуэну IэмалыфI ягъуэт.
ШыщхьэуIум и 13 пщIондэ лэжьыгъэхэр Iахынущ. Кинопремием и къэпщытакIуэ гупым лIэужьыгъуэ къэс нэхъыфIу къалъыта кинофильм щырыщ къыхахынущ. Зэпеуэм щытекIуахэм я цIэр къыщраIуэнущ щэкIуэгъуэ мазэм Санкт-Петербург щекIуэкIыну зэхыхьэм. КъэпщытакIуэ гупым я тхьэмадэр «Главкино» кинотелевизионнэ студиер зыухуа Бачурин Ильящ.
«Короткометражнэ фильм нэхъыфI», «СмартфонкIэ траха фильм нэхъыфI» лIэужьыгъуэхэм щытекIуа фильмхэр 2022 гъэм, «Всемирный фестиваль уличного кино» проектым хиубыдэу, цIыху мин 500-м ирагъэлъагъунущ. «СмартфонкIэ траха фильм нэхъыфI» Iыхьэм щытекIуар щрагъэджэнущ One Side Media-м . Анимационнэ фильм нэхъыфIу къалъытар «Артек» сабий лагерым зыщызыгъэпсэхухэм ирагъэлъагъунущ.
Пашэныгъэ зыубыдахэм ящыщу цIыхуищ «Режиссура и filmmaking» программэм Япэ онлайн школым щыхурагъэджэнущ. Абы къищынэмыщIауэ, зэпеуэм хэта псоми я лэжьыгъэхэр «Русские сезоны» щэнхабзэ фестивалым инджылызыбзэкIэ зэдзэкIауэ утыку къыщрахьэнущ.
Щомахуэ Залинэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2056.txt"
} |
Зэхуэсышхуэр ягъэIэпхъуэ
Москва шыщхьэуIум и 25-29-хэм япэу щрагъэкIуэкIыну яубзыхуа щэнхабзэ зэхуэсышхуэр пандемием къыхэкIыу бжьыхьэм ягъэIэпхъуэ. Урысей Федерацэм и щIыналъэ псоми щыщу зэфIэкI зиIэ сабий минитIым нэблагъэ абы хэтынущ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIэкIэ абы зыкъыщигъэлъэгъуэну ирагъэблэгъащ Нартан къуажэм и «Вагъуэ цIыкIухэр» сабий ансамблыр, цIыхубэ къафэхэмкIэ щапхъэу къалъытар. Гупым и художественнэ унафэщIыр КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къурашэ Эдикщ.
Сабий щэнхабзэ зэхуэсым и программэр яхуэгъэзащ балигъ эксперт гупым, адэ-анэхэмрэ сабийхэмрэ. Зэхыхьэм щыхэплъэнущ сабийм зрагъэужьыным теухуауэ щыIэ Iэмалхэм, къэрал, муниципальнэ IуэхущIапIэхэр мыбы и лъэныкъуэкIэ зэрызэдэлажьэм.
УФ-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къуэдзэ Яриловэ Ольгэ зэрыжиIэмкIэ, зэхыхьэм и дэтхэнэ лIэужьыгъуэри зытеухуэжар зэфIэкI зиIэ сабий жыджэрхэр зэгъэцIыхунымрэ зэкъуэгъэувэнымрэщ.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2057.txt"
} |
Сабийхэм яхуэгъэза гулъытэ
Къэбэрдей-Балъкъэрым и сабийхэм я узыншагъэр егъэфIэкIуэным, илъэс къэси хуэдэу, мы гъэми гулъытэшхуэ егъуэт. Республикэм и лагерхэм, санаторэхэм мы гъэмахуэм къриубыдэу зыщагъэпсэху, я узыншагъэр щрагъэфIакIуэ ныбжьыщIэ минхэм.
ЗэрыщызагъэпсэхунумкIэ тхылъхэр псом япэ зратхэм ящыщщ сабий зеиншэхэр, бын куэд къыщыхъу, хуэмыщIа унагъуэхэм къыхэкIахэр, апхуэдэу гъащIэм щытыкIэ гугъу иригъэува цIыкIухэр. Мы зэманым яубзыхуакIэщ икIи хъарзынэу мэлажьэ гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэ лъэхъэнэм хуэщIа сабий лагерхэмрэ санаторэхэмрэ. ЗыгъэпсэхуакIуэ щыIэ сабийхэр шхынкIэ къызэгъэпэщыным, я узыншагъэр къэпщытэным, зыхуей-зыхуэфI хуэгъэзэным кIэлъоплъ а Iуэхугъуэхэр зи пщэрылъ министерствэхэмрэ ведомствэхэмрэ, профсоюз зэгухьэныгъэхэр. Сабийхэм зыщагъэпсэху IуэхущIапIэхэм Iэмал имыIэу хуагъэув къалэнхэм ящыщщ шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщынри, видео кIэлъыплъыныгъэхэр зэрыщыIэри.
ЦIыкIухэм я узыншагъэр егъэфIэкIуэн и лъэныкъуэкIэ Налшык и санаторэхэм яIэ Iэмал псори къагъэсэбэп. Апхуэдэу мы махуэхэм сабий 200-м щIигъу екIуэлIащ Долинск щыIэ «Вершина» сабий зыгъэпсэхупIэ лагерым. Путёвкэхэр зратахэр, къызэрыдгъэлъэгъуащи, адэ-анэ зыщхьэщымытыж, унагъуэшхуэхэм къахэкIа, щытыкIэ гугъум ихуа ныбжьыщIэхэращ.
Лагерхэм щыIэщ сабий дохутырхэр е фельдшерхэр, апхуэдэуи медсестрахэр. IуэхущIапIэр мэлажьэ яубзыхуа санитар-эпидемиологие хабзэхэм тету, дыхьэ-дэкI лей щымыIэу зэхуэщIауэ.
Сабийхэм я зыгъэпсэхугъуэ зэманыр купщIафIэу, нэгузыужьу икIи щIэщыгъуэу зэрырагъэкIуэкIынур яубзыхуакIэщ лагерым и лэжьакIуэхэм. Ар хуэунэтIащ щэнхабзэм, спортым епха Iуэхугъуэхэм сабийхэр дегъэхьэхыным. Лагерым кърагъэблэгъэнущ лекцэ купщIафIэхэм къахуеджэфын, джэгу, зэпеуэ хьэлэмэтхэр къахузэзыгъэпэщыфын IэщIагъэлI зэмылIэужьыгъуэхэр. НыбжьыщIэхэм яхуэкIуакIэщ МафIэс къэмыгъэхъуным кIэлъыплъхэр, хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лIыкIуэхэр, Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ къэрал библиотекэм и лIыкIуэхэр.
Сабийхэм я зыгъэпсэхугъуэм епха Iуэхугъуэ псоми набдзэгубдзаплъэу кIэлъоплъ лагерым и унафэщIхэр, абы щылажьэ егъэджакIуэхэмрэ гъэсакIуэхэмрэ.
ЖЫЛАСЭ Маритэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2058.txt"
} |
«Спартак-Налшыкым» зэхъуэкIыныгъэхэр къыщохъу
Къэбэрдей-Балъкъэрыр къэралпсо утыкум илъэс къэс щызыгъэлъагъуэ «Спартак-Налшыкым» иужь лъэхъэнэм гухэхъуэ лъэпкъ къаритыркъым ди республикэм топджэгум щыдихьэххэм. Абы и щыхьэт нэсщ ар щыджэгухэм и деж еплъыну цIыху 200-300 нэхъыбэ къызэремыкIуалIэмрэ Урысей Федерацэм футболымкIэ и лъащIэ дыдэ етIуанэ дивизионым увыпIэ лъахъшэхэм фIэкIа къызэрыщимыхьымрэ. ЗэхъуэкIыныгъэ гуэрхэр Iуэхум хэлъхьэн зэрыхуейм шэч хэлъкъым икIи абыхэм щIадза хуэдэщ.
«Спартак-Налшык» профессионал футбол клубым и хэщIапIэм бадзэуэгъуэм и 7-м пресс-конференц щрагъэкIуэкIащ. Спортым тетхыхь журналистищ фIэкIа абы зэрырамыгъэблэгъам къигъэлъагъуэрт Iуэхур зэрымыщIагъуэр. ЗэIущIэр иригъэкIуэкIащ иджыри къэс «Спартак-Налшык» ПФК-м и унафэщIу щыта Мэшыкъуэ Аслъэн. Дауи, япэ упщIэр зытеухуар куэд щIауэ псори зыгъэпIейтей Iуэхугъуэт:
- Хэт ягъэувынур «Спартак-Налшыкым» и тренер нэхъыщхьэу?
- Биджиев Хьэсэнбий.
- Нэхъапэм «Спартак-Налшыкым» къыщыдэлэжьа Дроздовыр тренер нэхъыжьу абы къызэрыздишэнур пэж?
- СщIэркъым. АбыкIэ унафэщIыщIэхэм феупщI.
- Уэ уи къулыкъум утекIрэ?
- НтIэ. Сэ иджыблагъэ сыхуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэрым спортымкIэ и министр Хьэсанэ Ислъам. Иджыри къэс злэжьахэмкIэ фIыщIэ къысхуищIри, абы къысхуигъэлъэгъуащ футболистхэр командэм къыхухэхынымкIэ къудамэм и унафэщIу сыщытыну.
- Ар нэхъапэм спорт директоркIэ зэджэу щытара?
- Хьэуэ. Дэ футболистхэр къызыхуэтлъыхъуэнур командэ нэхъыщхьэм и закъуэкъым. Къэбэрдей-Балъкъэрми гъунэгъу щIыпIэхэми къыщыхэжаныкIахэр щыдубзыхунурэ, къетшэлIэнущ.
- ЦIыху дапщэ абы елэжьынур?
- Сэр нэмыщIкIэ иджыри цIыхуищ-плIы.
- «Спартак-Налшык» профессионал футбол клубым и унафэщIу уи пIэкIэ ягъэувынур хэт?
- ЗэкIэ Биджиевым и пщэ ари пIалъэкIэ иралъхьащ.
- БлэкIа зэхьэзэхуэм ди командэм етIуанэ дивизионым и Япэ гупым къыщигъэлъэгъуа зэфIэкIымрэ увыпIэмрэ дауэ къэплъытэрэ?
- Дэ ди мурадащ командэ нэхъифIитхум дахэту зэхьэзэхуэр едгъэухыну, арщхьэкIэ къыдэхъулIакъым. Апхуэдэ къалэн зыми къытщищIатэкъым, ауэ ар тхузэфIэкIыну къытщыхъуат. БлэкIа илъэсым ди Iуэхугъуэ нэхъыщхьэу щытар, пасэу зэтрагъэхьа щIыхуэшхуэхэр зэтедгъэкIыжу, гупыр зэхэмыщэщэжу тхъумэнырт. А къалэныр дгъэзэщIащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым топджэгум щыдихьэххэм дагъэкъуэншэфынущ увыпIэ лъагэхэр иужь лъэхъэнэм къызэрытхуэмыхьам къыхэкIыу – дэ нэхъ дызэлIэлIар зи гугъу сщIахэращ. Иджы щIыхуэ ттелъыжкъым, гупри къызэтедгъэнащ. АдэкIэ зиужьынумэ, командэм Iэмал псори иIэщ.
- «Спартак-Налшыкым» иужь зэхьэзэхуэми джэгукIэ тэмэм къыщIимыгъэлъэгъуэфам и щхьэусыгъуэу къэплъытэр сыт?
- Футболист куэдым фэбжь зэраIарауэ къыщIэкIынущ. Зэхьэзэхуэм гъуащхьауэ димыIэу дыхэтауэ убж хъунущ. Абы и пэщIэдзэ дыдэм Гугуев Магомет «якъутащ», иужькIэ Бацэ Къантемыр фэбжь игъуэтащ. Я узыншагъэр щIэгъуакъым ХъутIэ Анзоррэ Ашуев Мурадри.
- Мыгувэу зэхьэзэхуэщIэм щIадзэнущ…
- Пэжщ, бадзэуэгъуэм и 18-м Урысей Федерацэм и кубокым ехьэлIа зэпеуэм щIадзэнущ. Тхьэмахуэ дэкIыжмэ, етIуанэ дивизионым и Япэ гупми зэхьэзэхуэр щызэхаублэнущ. Аращи, зэман къэнэжакъым.
- Биджиевымрэ Дроздовымрэ лэжьэн щIадзэмэ, тренер нэхъыщхьэм и къалэнхэр иджыри къэс зыгъэзэщIа Шакъ Ашэмэз лей къохъур.
- Апхуэдэу къыщIидзмэ, зи унафэщIу сагъэув къудамэм къетшэлIэнщи, футболистыфIхэр «Спартак-Налшыкым» зэгъусэу къыхуэтлъыхъуэнщ.
- Иужь дыдэу ди командэм и спорт директору щытар Гъубж Вячеславщ. Ари лэжьыгъэм къефшэлIэжыну фи мурад?
- Дэ абы догупсыс. ИджыпстукIэ ар сымаджэщи, лэжьэфыну къыщIэкIынукъым, ауэ зэрыхъужу зэпытщIэнущ.
- «Спартак-Налшыкым» футболистыфI зыбжанэ иджыблагъэ хэкIыжащ. Ахэр къызэтевгъэувыIэфынутэкъэ?
- Зэхьэзэхуэм щIидзэным и пэ къихуэу Iэпщацэ Марат хъыбар дигъэщIат гупым зэрыхэкIыжынумкIэ. АбыкIэ пасэу дызэгурыIуат. Ар япэ дивизионым хэт командэм хыхьа щхьэкIэ, здэкIуа Песчанокопскэм и «Чайка»-р иджыблагъэ кърагъэкIуэтэхащ Урысей Футбол Зэгухьэныгъэм и Къэзыпщытэ-дисциплинар комитетым и зэIущIэм къыщащта унафэмкIэ. Щхьэусыгъуэр – илъэситI ипэкIэ, 2018-2019 гъэхэм я зэхьэзэхуэр щекIуэкIым, Нэзрэн и «Ангушт»-мрэ Мейкъуапэ и «Дружба»-мрэ джэгум щIидзэным и пэ къихуэу кърикIуэнумкIэ зэрызэгурыIуар къызэрыщIагъэщарщ. Иджы Марат «Чайка»-м къыхэнэнрэ къигъэзэжынрэ сщIэркъым.
Таганрог и «Форте»-м хыхьащ гупым и капитану щыта Пащты Руслан. Абы и Iуэхухэр нэхъ щыдэкIынущ, увыпIэ нэхъ лъагэхэми щыщIэбэныфынущ.
«Спартак-Налшыкым» хэкIыжыну къыщIэкIынущ Хьэшыр Алани. Мыгъэрей зэхьэзэхуэм и кIэухым абы фIы дыдэу зыкъыщигъэлъэгъуащ, топ куэди я хьэрхуэрэгъухэм щахудигъэкIащ. Арати, гу къылъатащ икIи зэфIэкI нэхъ зиIэ командэхэм ирагъэблагъэ. Алан зэгурыIуэныгъэ бэлыхь, нэгъуэщI зыми хуэдмыгъэлъэгъуауэ, етщIылIэну дыхьэзырщ, ауэ Дон Iус Ростов и СКА-м кIуэмэ нэхъ къещтэ.
- Уэ и гугъу пщIакъым Новороссийск и «Черноморец»-м ирагъэблэгъа гъуащхьэхъумэныкъуэ Дэхъу Ислъам.
- Абы къигъэзэжащ и тхылъымпIэхэм зыхуэмыхъу гуэрхэр къыхэкIри. Иджыпсту «Спартак-Налшыкым» хэту зэхьэзэхуэм зыхуегъэхьэзыр.
Пресс-конференцым и кIэухым Мэшыкъуэ Аслъэн фIыщIэ яхуищIащ «Спартак-Налшык» профессионал футбол клубым и унафэщIу щылэжьа илъэсхэм зыкъыщIэзыгъэкъуа, дэIэпыкъуэгъу нэс къыхуэхъуа псоми икIи жиIащ къыхуагъэфэща IэнэтIащIэми и къару, зэфIэкI псори зэрырихьэлIэнур, Къэбэрдей-Балъкъэрым топджэгум щыдихьэх цIыху минхэм фIыуэ ялъагъу командэм дэрэжэгъуэ къариту хъужын папщIэ.
Мыгувэу къытIэрыхьащ «Спартак-Налшыкым» къыщыхъуа зэхъуэкIыныгъэхэр щIэзыгъэбыдэж хъыбарри. Пэж дыдэу, мы махуэхэм щIэзыдзэну Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым щекIуэкIыну зэхьэзэхуэмрэ къэралым и кубокыр къэхьыным теухуа зэпеуэмрэ ди командэр хыхьэнущ Биджиев Хьэсэнбий и тренер нэхъыщхьэу. КъищынэмыщIауэ, Биджиевым пIалъэкIэ къалэн щащIащ «Спартак-Налшык» профессионал футбол клубым и унафэщI къулыкъури. Нэхъапэм ар зи пщэрылъу щыта Мэшыкъуэ Аслъэн дяпэкIэ и пашэу щытынущ зэфIэкI зиIэ топджэгу ныбжьыщIэхэр ди командэм къыхуэзылъыхъуэну гупым.
Илъэс 55-рэ ипэкIэ Биджиев Хьэсэнбий Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм къыщалъхуащ. Налшык и «Спартак»-м и гъуащхьэтету 1983 гъэм джэгун иригъэжьащ икIи зэIущIэ 52-м абы и гъуэр щихъумащ. ИлъэситI дэкIри, дзэм къулыкъу щищIэну здраджа Дон Iус Ростов и СКА-м хагъэхьащ. ИужькIэ ЦСКА-м хэту Совет Союзым футболымкIэ и гуп нэхъыщхьэм джэгугъуэ 15 иригъэкIуэкIащ.
КъыкIэлъыкIуэу Мэзкуу и «Локомотив»-м 1989 гъэм ирагъэблэгъащ. Абы хэту зэIущIэ 50-м зыкъыщигъэлъэгъуащ. СССР-м и кубокым и финалым 1990 гъэм щыджэгуащ. Урысей Федерацэм и чемпионатым и дыжьын (1995, 1998), домбеякъ (1994) медалхэр къихьащ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщыхъуа щIалэхэм ящыщу (и анэр адыгэщ и адэр къэрэшейщ) япэу хамэ къэрал футбол командэм джэгун щригъэжьащ. Петах-Тихвирэ Тель-Авиврэ (Израиль) я «Хапоэль» командэхэм я гъуэр ихъумащ. Европэм и кубокхэр къэхьыным ехьэлIа зэпеуэхэм хэту зэIущIи 9 иригъэкIуэкIащ.
ИужькIэ гъэсэныгъэ IэнатIэм пэрыуващ. Мэзкуу и «Локомотив»-м, Пермь и «Амкар»-м, нэгъуэщI командэхэми къулыкъу зэмылIэужьыгъуэхэр щрихьэкIащ. 2002, 2004 гъэхэм «Локомотив»-р къэралым и чемпион зэрыхъуам къыхэкIыу абы и унафэщIхэм яхэту дыщэ медалхэр къыхуагъэфэщащ.
ИтIанэ, 2014 гъэм, «Спартак-Налшыкым» къигъэзэжри, абы и тренер нэхъыщхьэу лэжьащ. Илъэсищ дэкIри Курск и «Авангард»-м ирагъэблагъащ икIи, зэи къэмыхъуауэ, а командэр япэ дивизионым щыджэгу пэтми, Урысей Федерацэм футболымкIэ и кубокым и финалым нигъэсащ.
Волгоград и «Ротор»-м и тренер нэхъыщхьэу ягъэуващ Биджиев Хьэсэнбий мы гъэм и пэщIэдзэм. АрщхьэкIэ иужь увыпIэхэм ящыщ зыр иубыду премьер-лигэм къыщыхагъэкIыжым, езыри хуит къэхъуащ.
«Спартак-Налшыкым» мы гъэм къыпэщылъ зэIущIэхэм иджыпсту зыхуегъэхьэзыр Биджиевым и унафэм щIэту. Урысей Федерацэм футболымкIэ и кубокыр къэхьыным теухуауэ екIуэкI зэпеуэм и 1/256-нэ Iыхьэм ипкъ иткIэ бадзэуэгъуэм и 18-м ар IущIэнущ «Мэхъэчкъалэ» командэм.
Хьэтау Ислъам.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2059.txt"
} |
НОБЭ
Азербайджаным и таможнэ къулыкъум и лэжьакIуэхэм я махуэщ
Индием и щхьэхуитыныгъэм щIэбэну хэкIуэдахэр ягу къыщагъэкIыж махуэщ
Уае Дадэмрэ Уэс Гуащэмрэ я махуэщ
1790 гъэм дунейм щыяпэу Инджылызым щащIащ псым гузэвэгъуэ щыхэхуа цIыхум щыдэIэпыкъукIэ къагъэсэбэп хъуну кхъуафэжьейр.
1801 гъэм император Павел Езанэм Iэ тридзащ Картли-Кахетие пщыгъуэр Урысейм къыхэгъэхьэным теухуа унафэм.
1863 гъэм Урысейм унафэ къыщащтащ цIыхум судкIэ удын ебдзынуи, дамыгъэ тебдзэнуи хуит уимыщIу.
1916 гъэм Новгород Ищхъэрэм цIыхубэ университет къыщызэIуахащ.
1930 гъэм Москва уэзджынэшхуэхэм щеуэну хуит зымыщI унафэ къащтащ.
1933 гъэм цIыху куэдым яхуэмыгъуа унафэ къыщащтащ Германием - Гитлер а къэралым и рейхсканцлеру ягъэуващ.
1943 гъэм 6-нэ нэмыцэдзэм Сталинград деж зыщитащ. Ар Хэку зауэшхуэм советыдзэхэр щытекIуэным щIэдзапIэ хуэхъуауэ къалъытэ.
1948 гъэм Санкт-Мориц (Швейцарие) къыщызэIуахащ V щIымахуэ Олимп Джэгухэр.
США-м и 32-нэ президенту щыта Рузвельт Франклин къызэралъхурэ илъэси 137-рэ ирокъу.
Совет композитор, РСФСР-м и цIыхубэ артист, Сталиным и цIэр зезыхьэ саугъэтыр тIэунейрэ зыхуагъэфэща Дунаевский Исаак къызэралъхурэ илъэси 119-рэ ирокъу.
Совет кинорежиссёр цIэрыIуэ, актёр, сценарийхэр зытхыу щыта, СССР-м и цIыхубэ артист Гайдай Леонид къызэралъхурэ илъэс 96-рэ ирокъу.
Швецием щыщ политик, а къэралым и премьер-министр къулыкъум тIэунейрэ хаха Пальме Улоф къызэралъхурэ илъэс 92-рэ ирокъу.
Совет шахматист, дунейпсо чемпион Спасский Борис и ныбжьыр илъэс 82-рэ ирокъу.
Беслъэней къуажэм дэт сымаджэщым и дохутыр нэхъыщхьэ, УФ-м щIыхь зиIэ и дохутыр, КъШР-м и цIыхубэ дохутыр Къуэн Валентинэ къыщалъхуа махуэщ.
Жылагъуэ лэжьакIуэ, УФ-м и Кинематографистхэм я зэгухьэныгъэм хэт, шэрджэс щIыналъэм теухуа фильм зыбжанэ тезыха Нэгъаплъэ Аскэрбий и ныбжьыр илъэс 65-рэ ирокъу.
Иорданием 1999 гъэ лъандэрэ и пащтыхь Абдалла ибн Хъусейн и ныбжьыр илъэс 57-рэ ирокъу.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 3 - 7, жэщым 1 градус щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Бжэн щIакъуэ тегушхуэгъуафIэщ.
Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "206.txt"
} |
Сом мин 50 иратынущ балли 100 зиIэхэм
ЕджапIэхэр
Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щIэтIысхьэнухэм я дэфтэрхэр къаIихын щIидзащ мэкъуауэгъуэм и 20-м. Мы махуэхэм абыхэм я бжыгъэр цIыху 4421-рэ хъуащ.
ЕджапIэ нэхъыщхьэм щIэтIысхьэнухэм Iэмал яIэщ «Къэрал Iуэхутхьэбзэхэр» порталыр къагъэсэбэпу я дэфтэрхэр электроннэу ирагъэхьыну, арщхьэкIэ апхуэдэ гупыж зыщIар 35 къудейщ, нэхъыбэм яфIэкъабылщ комиссэм езыхэр IущIэну.
КъБКъУ-м и приёмнэ комиссэм зэрыщыжаIэмкIэ, ныбжьыщIэхэм IэмалыфI ягъуэтащ чэзум хэмыту, компьютеркIэ зыхуей еджапIэр, зыхуеджэну IэщIагъэр къыхахыну, апхуэдэуи сервисым къыщащIэфынущ ятыну экзаменхэр зыхуэдэр икIи, я мурадым зихъуэжмэ, бадзэуэгъуэм и 29 пщIондэ абдеж дыдэ хуэфащэ тхыгъэ еджапIэм ирагъэхьыну хуитщ.
Дэфтэрхэр къеIыхыныр къызэгъэпэщынымкIэ управленэм и унафэщI Табыщ Тимур зэрыжиIэмкIэ, IэщIагъэ щрагъэгъуэт курыт еджапIэхэм нэхъыбэу щIэупщIэ щызиIэр медицинэмрэ хъыбарегъащIэ технологиехэмрэ хуеджэнырщ (Медицинэ колледжымрэ ХъыбарегъащIэ технологиехэмрэ экономикэмкIэ колледжымрэ).
ЕджапIэ нэхъыщхьэхэм я гугъу пщIымэ, дэфтэр нэхъыбэ зратахэм ящыщщ КъБКъУ-м и медицинэ факультетыр, ХуитыныгъэмкIэ, экономикэмрэ финансхэмкIэ, ИнформатикэмкIэ, электроникэмрэ робототехникэмкIэ, Социально-гуманитар институт-хэр.
Къыхэгъэщыпхъэщ, КъБКъУ-м Урысейм и щIыналъэ 45-мрэ къэрал 45-мрэ щыщ щIалэгъуалэ зэрыщеджэр, педагогикэ IэщIагъэр зэзыгъэгъуэтыну хуейхэр нэхъыбэу гъунэгъу республикэхэм къызэрикIыр: Ингушым, Дагъыстэным, Шэшэным.
КъБКъУ-м щIэтIысхьэхэм яхэтщ ЕГЭ-хэм балли 100 къыщызыхьахэр. Абыхэм ящыщщ, псалъэм папщIэ, Шэрэдж районым щыпсэу Муртазовэ Алинэ - ХуитыныгъэмкIэ, экономикэмрэ финансхэмкIэ институтым и дэфтэрхэр иритащ. Къэщкъэтау къуажэм и курыт школыр къэзыуха хъыджэбзым зэрыжиIэмкIэ, нэгъуэщI еджапIэхэм кIуэну егупсысыхакъым: «Си анэмрэ си анэшхуэмрэ ещхьу сэри экономикэм си гъащIэр еспхыну сыхуейщ», - къыхегъэщ абы. Алинэ урысыбзэмкIэ балли 100 къихьащ, обществознаниемкIэ - 99-рэ, математикэмкIэ - 76-рэ.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, КъБКъУ-м балли 100 яIэу щIэтIысхьэхэм зэ етыгъуэу сом мин 50 иратынущ.
КъБКъУ-м и пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2060.txt"
} |
Фысакъ!
ФщIэн папщIэ
Бадзэуэгъуэм и 10 - 20-хэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щокIуэкI «Сабийр - пассажир нэхъыщхьэщ!» лэжьыгъэ.
Бжыгъэхэм къагъэлъагъуэ автомашинэ зэжьэхэуэ къыщыхъукIэ шэнтжьейм ис сабийхэм я гъащIэр къызэрелымрэ имыпхахэм фэбжьу хахымрэ.
Къэдгъэлъэгъуа махуэхэм щIэгъэхуэбжьауэ къапщытэнущ сабийхэм я шынагъуэншагъэмкIэ Iэмэпсымэхэр автотранспортым къыщыгъэсэбэпыным ехьэлIа хабзэр зэрагъэзащIэр.
ПщIэ зыхуэтщI балигъхэ! Сабийр изыIыгъэ Iэмэпсымэхэр уэим фымыщI, ахэр сэбэпщ фэбжьхэр гъэмэщIэнымкIэ.
Балигъхэм къагъэсэбэпын хуей бгырыпххэми ещхьу, сабийр изыIыгъэ Iэмэпсымэхэр хуэщIащ напIэзыпIэм укъэувыIэн хуей хъумэ е зэжьэхэуэ къэхъумэ, ныбжьыщIэр иримыудэкIыу е автомашинэм къримыдзыу иIыгъынымкIэ.
КъБР-м щыIэ МВД-м и Къэрал автоинспекцэм фигу къегъэкIыж!
Сабийр къыщалъхуам щегъэжьауэ илъэсиблым нэс шэнтжьейм исущ къызэрепшэкIынур, илъэсиблым щегъэжьауэ 11-р хиубыдэу - шынагъуэншагъэмкIэ бгырыпххэр къагъэсэбэп. Iэмэпсымэхэр къыщыхэфхкIэ нэхъыфI къызэрыфщэхуным яужь фит, аращ фыкъэзымыгъэпцIэнур.
Дыгулыбгъу Жантинэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2061.txt"
} |
IэнатIэр ирагъэфIакIуэ
Узыншагъэр хъумэнымкIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щокIуэкI узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэм и IуэхущIапIэхэр егъэфIэкIуэнымрэ ахэр зыхуей IэмэпсымэхэмкIэ къызэгъэпэщынымрэ хуэунэтIа лэжьыгъэшхуэ.
Абы ипкъ иткIэ, республикэм федеральнэ бюджетым къыхэкIыу къыIэрыхьэнущ сом мелуан 45,6-рэ. А мылъкур трагъэкIуэдэнущ медицинэ лабораторэхэр узыфэ зэрыцIалэ лIэужьыгъуэщIэхэр щыуагъэншэу къозыгъэхутэф иджырей IэмэпсымэхэмкIэ къызэгъэпэщыным.
КъищынэмыщIауэ, узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэр къэгъэщIэрэщIэжыным хухахынущ сом мелард 1,2-м щIигъу. А Iуэхум къызэщIиубыдэнущ объект 50. Абыхэм ящыщу 13-р ухуэныгъэщIэщ, 37-м зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр щекIуэкIынущ.
Апхуэдэуи, республикэ унафэщIхэм къыхагъэщащ Налшык къалэ поликлиникэщIэ щыухуэныр нобэрей зэманым къахуигъэув къалэну зэрыщытыр икIи мыгувэу а Iуэхури кърахьэжьэну я мурадщ.
ЩхьэщэмыщI Изэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2062.txt"
} |
Мэрем пшыхь
ЦIыхушхуэхэм я гупсысэхэр
Сыт гъащIэм и купщIэр?
Псори зи ныбжьэгъум зыри и ныбжьэгъукъым.
Дунейм фIыгъуэу тетыр ептми, ныбжьэгъуншэу псэуну хуей щыIэкъым.
Къулейсызыгъэ, е нэгъуэщI гуауэ къыплъэIэсамэ, ныбжьэгъуращ уи щхьэр зэпхьэлIэр.
КъыдэуэлIа насыпым и IэфIагъыр къыщытщIэр ди ныбжьэгъухэм къытхуагъэдэха нэужьщ.
Ди ныбжьэгъухэр къызэрытхущытыну дыхуейм хуэдэ дыдэущ дэри дазэрыхущытын хуейр.
ЦIыхухэм я зэхущытыкIэр зэтеухуэным ехьэлIа гъуазджэм зэ нэхъ мыхъуми егупсысар арэзы техъуэнущ къэралыгъуэ псом и къэкIуэнур зэлъытар къыдэкIуэтей щIэблэр зэрыарам.
Сыт гъащIэм и купщIэр? - НэгъуэщIхэм защIэбгъакъуэу, фIы пщIэуэ дунейм утетынырщ.
Упсэуным къикIыр Iуэху зэфIэбгъэкIын хуейуэ аращ, армыхъумэ зыгуэрхэр зэплъэфэлIэнракъым.
ПэщIэдзэр Iуэхум и Iыхьэ ныкъуэщ.
Сыт еджакIуэм и ехъулIэныгъэр зыхэлъыр? – Ипэ итыр дигуэнырщ, и кIэм итым пэмыплъэнырщ.
Лэжьыгъэм и Iыхьэ гуэр къызыхуэтыншэу зэфIэбгъэкIыныр нэхъыфIщ, и кIэм нумыгъэсыфыну куэдым зеппщыт нэхърэ.
* * *
Мы псалъэ Iущхэр зей алыдж философ Аристотель щыпсэуар ди эрэм и пэкIэ 384-322 гъэхэрщ. Ар Платон и гъэсэну щытащ, ди эрэм и пэкIэ 343 гъэм щегъэжьауэ Аристотель Македонский Александр и егъэджакIуэу щытащ. Ди эрэм и пэкIэ 335 гъэм лицей къызэIуихыгъат Аристотель. Аращ япэ гупсысакIуэшхуэу щытар, цIыхум зэрызиужь лъэныкъуэ псори - социологиер, философиер, политикэр, логикэр, физикэр - къызэщIэзыубыдэ философием и зэхэлъыкIэр къэзыхутар.
Аристотель ди эрэм и пэкIэ 384 гъэм Афон бгым пэмыжыжьэ Стагир жылэм къыщалъхуащ. Абы и адэ Никомах Аминтэ Ещанэм, Македонием и пщымрэ абы и блыгущIэтхэмрэ я дохутыру щытащ. Абы и адэжьхэри цIыхухэм еIэзэу къекIуэкIат.
Ди эрэм ипэкIэ 369 гъэм Аристотель и адэ-анэр фIэкIуэдащ. Философ ныбжьыщIэр ипIыну къищтащ Проксен (иужькIэ и цIэр куэдрэ фIыкIэ къриIуащ абы Аристотель икIи адэ етIуанэ хуэхъуар лIа нэужь, и къуэ Никанор ипIыжащ). И адэм къыхуигъэна мылъкур зытригъэкIуэдар щIэныгъэ зэгъэгъуэтынырщ. А лъэхъэнэм тхылъхэр хуабжьу лъапIэт, ауэ Проксен я нэхъ гъуэтыгъуейри къыхуищэхурт. Апхуэдэ щIыкIэкIэ, и ныбжькIэ щIалэ дыдэу тхылъ еджэным дихьэхащ Аристотель. Адэ папщIэ хуэхъуам и нэIэ щIэту философ ныбжьыщIэм къэкIыгъэхэм, псэущхьэхэм я къэхъукIэр иджащ, иужькIэ абы теухуа лэжьыгъэ щхьэхуи къыдигъэкIыжауэ щытащ.
Аристотель алыдж щIэныгъэ зригъэгъуэтащ икIи а бзэращ игъэшэрыуэу щытари.
ФщIэуэ пIэрэ?
Тхылъыр егъэджакIуэ
нэхъыфIщ
ТхакIуэфIхэм я IэдакъэщIэкIхэм къеджэр нэхъ дахэу псалъэ мэхъу.
Щэнхабзэр - узэджа тхылъым я бжыгъэракъым, атIэ узэджахэм ящыщу къыбгурыIуарщ.
Тхылъ еджэ цIыхур сытым дежи зыщхьэкIэ нэхъ лъагэу щытынущ телевизор еплъхэм нэхърэ.
ЦIыхухэр гупитIу зэщхьэщокI: тхылъ еджэхэмрэ еджам едаIуэхэмрэ.
КIэпIейкIэр сом зэрыхъум ещхьу, тхылъу узэджэр щIэныгъэ мэхъу.
Тхылъым мафIэ щIэбдзэу бгъэсыным нэхърэ нэхъ Iуэху икIэщ уемыджэныр.
Фигу ивгъэлъ: фызихуэдэр къызэрыпщIэр фызэджэхэмкIэщ.
ТхылъыфIыр, зи ныкъуэ псор псы щIагъым щIэгъэпщкIуа айсбергым ещхьщ.
Унэгуащэхэм папщIэ
Ерыскъы Iей щыIэкъым
♦Ерыскъы Iей щыIэкъым, цIыху Iейщ щыIэр.
♦Шэрджэсхэм хьэгулывэр бегъымбар шхыну ябжу щытащ, абы хущхъуэгъуэ куэд зэрыхэлъым щхьэкIэ. Хьэм къыхэщIыкIа шхыныгъуэхэр ирагъэшхыу щытащ зи къупщхьэ къутахэм. Къапщтэмэ, зи дзажэ къутам хьэ мырамысэ ирагъэшхырт, ар захуэу кIыжын щхьэкIэ. Абы хэлъщ къупщхьэр зыгъэкIыж пкъыгъуэхэр, къапщтэмэ, фосфор, кальций, нэгъуэщIхэр.
♦ЦIыхум и тхьэкIумэр щыузым и деж, къэрмэфибл дагъэ ирагъаткIуэри мэхъуж.
♦Лыр нарзаныпскIэ бгъавэмэ, нэхъ щIэхыу хьэзыр мэхъуикIи лэпс IэфI къыщIовыкI.
♦Мыгъэлыгъуауэ хуэрэджэ купкъ, щIыдэ, пщIий куэд пшхымэ, щхьэр егъэуз.
♦ПIастэ зэрызэпагъэжа сэр занщIэу лъэщIыжын хуейщ, арыншамэ кIэрогъуэри, гъэкъэбзэжыгъуей мэхъу.
♦Хьэлыуэр щаубэкIэ я Iэр куэдрэ псыф ящIмэ, хьэлыуащхьэр тоуцIыныкI.
♦Мэжаджэр щагъажьэкIэ, къэмычэн щхьэкIэ, и щIыIум шху щахуэ.
♦Нартыху цIынэр щагъавэкIэ шыгъу хадзэркъым. Шыгъум хьэдзэхэр зэрегъалъэ, вэгъуей ещI, IэфIи хъуркъым.
Къубатий Борис.
Си хъуреягъкIэ
Хабзэр убзэкъым
Чэрим сэ лэжьапIэ къысхуигъуэтат – сишэри сыIуигъэуват езым и IэмыщIэ къралъхьа лэжьапIэм. Ар Iуэхутхьэбзэт, зэрыгурыIуэгъуэщи.
Сэри, абы и щIыхуэ къызытезмынэну си нету, сыщызеуэрт и хъуреягъым. АрщхьэкIэ, а хуэсщIэр абы убзэу къыщыхъурт. Сэ ар къыщызгурыIуэм – пысчащ.
Хабзэр убзэу зылъытэр и щхьэм и биижщ - хуэпщIэнум зыхегъэкIыж.
* * *
«ЛIэныгъэр гъащIэм и пэм ирамыгъэувэу и кIэм щIахьар абы зыхуэбгъэхьэзырын щхьэкIэщ» - жызыIар (Прутков Козьма) сыту куууэ гупсысат.
Ауэ, бетэмал, ар дэ зыщыдогъэгъупщэ.
* * *
Махуэ уэфI дахэщ. ЖьауапIэм сыщIэсу соплъ ауэ щыт жыгым дэпщейм. Ар япэщIыкIэ мэIэбэри, и щыгум лъагэу къит къудамэм зыкIэрещIэ. ЗыкIэрещIэ зи щIыфэри зигури пцIанэу къыпфIэщI къудамэ быдэм, къэзыIыгъыну къыпфIэщIым. Зэрыщыгугъауи къыхущIокI къудамэр – къиIыгъщ. Къеубыдыпэ. ИтIанэ IэплIэ ирешэкI. IэплIэ иришэкIауэ а зэриIыгъыурэ щхьэщокI. ЗеIэт ищхьэкIи, аргуэру адэкIэ мэIэбэ… А IэплIэ зришэкIауэ щытам лъакъуэкIэ тоувэжри.
Ныбжьэгъу, уэ нобэ IэплIэ къозышэкIхэм дапщэ яхэту пIэрэ пщэдей лъакъуэкIэ къыптемыувэжыну?!
Хьэх Сэфарбий.
ГъэщIэгъуэнщ
Регентхэмрэ пащтыхь «цIыкIухэмрэ»
Къэралым и пащтыхьыр лIа нэужь, пащтыхьыгъуэр къызыхуэнар сабиймэ, къэралым и Iуэхур пIалъэкIэ зэригъэкIуэну цIыху ягъэув. Абы зэреджэр регентщ. Абыхэм унафэр яIэщIэлъщ сабийр балигъыпIэ иувэху. Языныкъуэ пащтыхьхэм я цIэр тхыдэм къызэрыхэнар я сабиигъуэм къащыщIахэмкIэщ, апхуэдэ дыдэуи регент куэд цIэрыIуэ хъуащ зи Iуэху дагъэкI пащтыхь «цIыкIухэм» я фIыщIэкIэ.
Пеппи ЕтIуанэм (ди эрэм и пэкIэ 2262-2162) Мысырыр IэщIэлъащ и ныбжьыр илъэси 6 щыхъум щегъэжьауэ илъэси I00 ирикъуху (дунейм ехыжыху). Мысыр фараоным и сабиигъуэм, абы и регенту щытам ятеухуа хъыбар куэд яIуэтэж.
Шен Шень
Китайм и император Цюнь Тай щхьэгъусэ зыкъомрэ щIасэ цIыхубз куэдрэ иIэт, ауэ гулъытэ нэхъ зыхуищIыр Цзянь Ву Цит (623-705). Императорым ишэну Ву и гугъэр щыхихыжым, абы и къуэм дэкIуащ. Аращ императорыр лIа нэужь пащтыхьыгъуэр къызылъысари.
И щхьэгъусэр лIа нэужь, Ву и къуэхэм ящыщ зым и регент хъуащ. Ауэ зыгуэрым и жьауэ щIэтыныр иужэгъури, Ву 690 гъэм Китайм и пащтыхь гуащэ зищIащ. Властым пэрыхьа нэужь, нэхъапэм къыхуэмыфIу къилъытэу щытахэм ящыщ куэд лъэхъуэщым иридзащ, щхьэпылъэ иригъэщIахэри мащIэкъым.
Илъэс 55-кIэ пащтыхьыгъуэр IэщIэлъауэ, Ву и къуэ нэхъыжьыр яхэту зы гуп зэгурыIуэри, традзауэ щытыгъащ.
Щапхъэ нэс
Регентхэм я щапхъэ нэс зыгъэлъэгъуар Кастильская Бланкэщ (1188-1252). Ар Франджым и пащтыхь хъуну и къуэ Людовик IX и регент хъуащ 1226 гъэм. Франджыр абы и IэмыщIэ щилъам хуабжьу зыхуей хуигъазэу щытащ.
Апхуэдэуи Бланкэ и къуэр Iэдэбу игъэсащ, аращ Людовик IX Франджым и пащтыхь нэхъыфIхэм ящыщ зыуэ къалъытэу щIыщытари. Ар балигъ къэхъуу и увыпIэр игъуэтыжа нэужь, и анэм сытым дежи ечэнджэщу щытащ, пщIэшхуэ хуищIащ дунейм ехыжыху.
И къуэр зекIуэ щежьэхэм деж Бланкэт къэралыр къызыхуэнэри, и къалэнхэм хъарзынэу пэлъэщырт, псори къыхуэарэзыт.
Тажыр кIуэдри…
Генрих III (1207-1272) и ныбжьыр илъэси 9-м иту Инджылызым и пащтыхь хъуащ. И адэр псым къыщызэпрыкIыжым и пащтыхь тажыр зэригъэкIуэдам къыхэкIкIэ, щIалэ цIыкIур пащтыхьу ягъэувын хуей хъуащ, абы иралъхьар и анэ Изабеллэ и пщэхъурщ.
Пащтыхь гуащэ Изабеллэ и щхьэгъусэм бгъэдэкIыжу и хэкум – Франджым – кIуэжын хуей щыхъум, Генрих III и регенту Маршалл Уильям ягъэуващ. Пащтыхьым и блыгущIэт пэжу, зауэ Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкIыу щыта Уильями, абы къыкIэлъыкIуахэми Инджылызыр зэрахьащ Генрих и ныбжь ирикъуху.
Дохъушокъуэ Синэ.
ЗэвгъащIэ
Псалъэ шэрыуэхэм къарыкIыр
МылIэр лIы мэхъу.
ЦIыху хъуащ, хуэфащэ увыIэпIэ игъуэтащ; балигъ хъуащ – жыхуиIэщ. ЦIыхум игъуэта щытыкIэр гуапэ щащыхъум деж къапсэлъ хабзэщ.
Мыщафэ Iэрымылъхьэм гуащэр щумыгъэгугъ.
УмыгъэзэщIар гъэзэщIа хъуакIэу, зэфIэкIауэ умыбж. Iуэхур щызэфIэкIын хуей пIалъэр къэмыс щIыкIэ гъэзэщIа хъуакIэу зылъытэм хуэгъэза чэнджэщщ.
ПащIэм къимыхьыр жьакIэм къихьыжыркъым.
УщыщIалэм къыпхуэмылэжьар уи жьыщхьэ къыпхуэлэжьыжынкъым.
Пэ зиIэм кIэи иIэщ.
ЖаIар е нэгъуэщI зыгуэрыр ирикъуну, абдежым щыухын хуейуэ къыщалъытэм деж къапсэлъ хабзэщ.
Псым итхьэлэр шхийм йопхъуэ.
ХэкIыпIэншагъэ къихутар къезыгъэлыну, къызэтезынэну къыфIэщIу, иужьрей дыдэ гугъапIэу йожалIэ сэбэп къызэрыхуэмыхъуфынур нэрылъагъуу щыт Iэмалми.
Псым къудамэ теткъым.
«IэубыдыпIэншэщ» жыхуиIэщ. Псым ущыбэлэрыгъ зэрымыхъунур кърагъэкIыу къапсэлъ.
Щауэ Къэлидар.
Пхъэщхьэмыщхьэхэр
Хъурмэ
Хъурмэр пхъэщхьэмыщхьэхэм я пащтыхьу къалъытэ. Абы и «хэкур» Китайращ. Европэм щыпсэухэм ар къызэрацIыхурэ куэд щIакъым, илъэси 100-м нэблэгъами аращ. Зи фIагъкIэ нэхъыфIу ябжыр япон хъурмэращ. Ар икIи нэхъ инщ, икIи гъуэжьыфэ-плъыжьыфэщ. Хъурмэр пшхыну IэфI дыдэщ. Абы и хьэлъагъым и Iыхьэ плIанэр зыубыдыр фруктозэмрэ глюкозэмрэщ. А тIур куэду зэрыхэлъым щхьэкIэ зи гум дагъуэ иIэхэм я дежкIэ сэбэпщ. Хъурмэм хэлъ фошыгъур Iэпкълъэпкъым зыхухихыр гум екIуалIэ лъынтхуэхэрщ. Гуузым къыхигъэзыхьу Кавказым и зыгъэпсэхупIэхэм къакIуэхэм зы махуэм хуэзэу япон хъурми 2-3 ирагъэшх.
Къапщтэмэ, дэтхэнэ цIыхум дежкIи сэбэпщ махуэм хъурми 3 ишхыну. Абы шэ хуабэ щIыгъужмэ, зыхуэдэ щыIэкъым.
Псом нэхърэ нэхъ сэбэпу къалъытэр королёккIэ зэджэ хъурмэ лIэужьыгъуэращ. Псы зэбэкI а пхъэщхьэмыщхьэм куэду хэлъщ калий, кальций, фосфор, магний, гъущI, нэгъуэщI микроэлементхэри.
Апхуэдиз витаминыр зыхэлъ хъурмэр, королёкыр пшхыну зэрысэбэпым къыдэкIуэу IэфIщ икIи гуакIуэщ. Абы жьэ кIуэцIыр щызэригъалъэ щыIэщ. Апхуэдэхэм деж хъурмэр сыхьэт зыбжанэкIэ псы хуабэм хэбгъэлъмэ, фIы дыдэ мэхъу.
Къэбарт Мирэ.
ГушыIэхэр
Хъарзынэщ жеймэ
Зэщхьэгъусэхэр театрым кIуащ. Спектаклым еплъу здэщысым, бзылъхугъэр и лIым тоуIуэри, игъэщIагъуэу жреIэ:
- Еплъыт, Аслъэн, а къыббгъурысыр мэжей!
- Хъарзынэщ жеймэ. Абы щхьэкIэ сэ щхьэ сыкъэбгъэушын хуей?
Ахъшэ щхьэкIэ
Зэныбжьэгъу щIалитI зэхуэзащ:
- Мухътар, зэхэпхакъэ Ислъам лэжьапIэ зэрыувар?
-Iахъ! Сэ сщIэрт абы ахъшэ щхьэкIэ сытри зэрыхуэщIэнур.
Къалэн гугъу
Я адэ-анэр къазэрешхыдам щхьэкIэ загъэгусауэ щыс щIалэ цIыкIуитIым я зыр мэтхьэусыхэ:
- КъыдэлъэIуурэ япэ щIыкIэ псэлъэнрэ къэкIухьынрэ дагъащIэри, итIанэ щыму дыщысыну къалэн къытщащIыж.
НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар НэщIэпыджэ Замирэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2063.txt"
} |
Полимер пкъыгъуэ зэхэлъхэм епха щIэныгъэр ипэкIэ зыгъэкIуатэ зэхуэс
ЦIыху 250-м щIигъу кърихьэлIат Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыблагъэ щекIуэкIа XVII Дунейпсо щIэныгъэ зэхуэсым. Урысейм и щIыналъэ 51-м, Узбекистаным, Азербайджаным, Вьетнамым, Чынтым (Китайм), Франджым я щIэныгъэ IэнатIэ 98-м я лIыкIуэхэр зыхэта, «Иджырей полимер пкъыгъуэ зэхэлъхэр. МэкIэтIей еджэныгъэхэр-2021» фIэщыгъэр зыгъуэта щIэнIуатэр КъБКъУ-м Iуащхьэмахуэ лъапэ деж щиIэ еджапIэ-щIэныгъэ IуэхущIапIэм щызэхэтащ.
Дунейпсо щIэнIуатэр щрагъэкIуэкI Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и академием химие къэхутэныгъэхэр щекIуэкI физикэмкIэ и институтым, Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым, Ивановэ дэт политехникэ университетым, КъэхутакIуэхэмрэ зэгъэпэщакIуэхэмрэ я дунейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм, «ЩIэныгъэмрэ техникэмкIэ зэдэлажьэхэм я дунейпсо унэ» щIэныгъэ зэщIэхъееныгъэм, «Менделеев Дмитрий и цIэр зезыхьэ химие зэгухьэныгъэ» урысейпсо щIэныгъэ гупым.
КъБКъУ-м и унафэщIым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ, техникэ щIэныгъэхэм я доктор Алътуд Юрэ къызэхуэсахэм фIыщIэ яхуищIа нэужь, щIэнIуатэр зытеухуамрэ и мыхьэнэмрэ кIэщIу и гугъу ищIащ:
«Ди нобэрей зэIущIэр Урысейм и Президентыр ЩIэныгъэмрэ технологиемрэ я илъэскIэ зэджа 2021 гъэм къыщыхъуну Iуэхугъуэхэм нэхъ мыхьэнэшхуэ щызиIэхэм ящыщ зэрыхъунур нахуэщ. Хуабжьу сыщогугъ мы утыкур щIэныгъэ гуэшыпIэ хъуну, Iуэху еплъыкIэщIэхэр къыщыхалъхьэ, щыIэ ехъулIэныгъэхэмкIэ щызэхъуажэ зэхуэсыпIэу къыщIэкIыну. Дызыщыпсэу къэралым и зыужьыныгъэм телажьэ Iуэхугъуэхэм ящыщщ иджырей полимер пкъыгъуэ зэхэлъхэм епха щIэныгъэр. IэщIагъэлIхэмрэ щIэныгъэлIхэмрэ я къэхутэныгъэхэм мыбдеж гъуэгу щагъуэтыну, бгъэдыхьэкIэщIэхэмрэ IэмалыщIэхэмрэ абы къыхуагъуэтыну си гуапэщ».
Апхуэдэу Алътудыр ехъуэхъуащ «Иджырей полимер пкъыгъуэ зэхэлъхэр. МэкIэтIей еджэныгъэхэр-2021» щIэныгъэ зэхуэсым и зы къызэгъэпэщакIуэу щыт, Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и академием химие къэхутэныгъэхэр щекIуэкI физикэмкIэ и институтым и лэжьакIуэхэм а къудамэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 65-рэ зэрырикъумкIэ. «Гъуэгуанэшхуэ къызэпыфча къудейкъым, – жиIащ Алътудым, – атIэ лэжьыгъэшхуи вгъэхъеящ. Фэ евгъэкIуэкI къэхутэныгъэхэр экономикэмрэ цIыхубэм я псэукIэмрэ егъэфIэкIуэным хуэунэтIащ, IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм я зыужьыныгъэм хуэгъэзащ, технологиещIэхэр къэIэтэным икIи утыку ихьэным хуэгъэпсащ. Си фIэщ мэхъу фи гуащIэдэкIым и пщIэр дяпэкIи зэрыхэхъуэнур, щIэныгъэ нэсыр зи тегъэщIапIэ, цIыхум и щхьэпэр зыхэлъ IуэхущIафэхэр нэхъыбэжу къызэрыхэфлъхьэнур».
Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и академием и академик Алдошин Сергей КъБКъУ-м и унафэщIхэм фIыщIэ яхуищIри, полимер пкъыгъуэ зэхэлъхэмкIэ Урысейм къыщызэрагъэпэща щIэныгъэ зэхуэс инымкIэ зэрыарэзыр, абы къызэрымыкIуэу уасэшхуэ зэрыхуищIыр къыхигъэщащ:
«Къатыбэу зэтелъ икIи пкъыгъуэбэу зэхэлъ технологиехэм (аддитивные технологии) епха Iуэхугъуэ зэхэмыбзхэр къыщахутэ, абы ехьэлIа къэхутэныгъэхэр шэщIауэ щрагъэкIуэкI лъэхъэнэщ дыщыпсэур. Апхуэдэ технологиехэм гулъытэ хэха ягъуэтын зэрыхуейм УФ-м и Президентым и гугъу ищIауэ щытащи, ар зэбгъэтIылъэкI мыхъун Iуэхущ, уеблэмэ, сытми ипэ ит къалэнщ. Пэжыр жыпIэмэ, полимер пкъыгъуэ зэхэлъхэм яIэ хъуа мыхьэнэмрэ абы иращIэкI лэжьыгъэхэмрэ зэхьэлIэгъуейщ – ди къэралым абы елэжь щIэныгъэ институтхэр къыщыгъэнауэ, лэжьакIуэ гупхэр щымащIэ дыдэщ, къэхутэныгъэхэр зэрырагъэкIуэкIыну Iэмэпсымэхэр щыIэкъым. Мыр щыщIэныгъэшхуэщ, фIэкIыпIэ имыIэу зэлэжьын хуейуэ къытпэщылъхэми ящыщщ. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр, жыпIэнуращи, абы и лъэныкъуэкIэ ефIакIуэ щIэныгъэ центрхэм зэращыщыр узыщыгуфIыкIынщ. Къатыбэу зэтелъ икIи пкъыгъуэбэу зэхэлъ технологиехэм ятещIыхьа щIэныгъэр ди къэралыр ипэкIэ щызыгъэкIуатэхэм, полимер щIэныгъэм къэхутэныгъэщIэхэр щегъэкIуэкIынымкIэ пашэхэм КъБКъУ-р зэращыщыр жыIэн хуейщ. МащIэми куэдми, полимерым епха лэжьыгъэхэр иригъэкIуэкIыу къэралым щыIэ центрхэр зэдгъэуIумэ, КъБКъУ-м абы и IуэхукIэ лъагэу зиIэтащ икIи а унэтIыныгъэмкIэ лъэбакъуэшхуэ тчыфынут. ЗэгурыIуэныгъэ пыухыкIам ипкъ иткIэ, ди институтымрэ КъБКъУ-мрэ зы кафедрэ къызэдгъэпэщыфынкIэ хъунут, абы къепхауэ полимер зэмылIэужьыгъуэхэм я химиер къэзыхутэ лабораториери къытхузэIухыну къыщIэкIынт».
Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и академием химие къэхутэныгъэхэр щекIуэкI физикэмкIэ и институтым и махуэщIым и цIэкIэ Алътуд Юрэ академикым фIыщIэгуапэ тхылъхэмрэ тыгъэ лъапIэхэмрэ иритащ.
ЩIэныгъэ зэхуэсым щыхэплъащ икIи щрипсэлъащ полимерхэм я зэхэлъыкIэм, ахэр къызыхащIыкI пкъыгъуэхэмрэ абыхэм ябгъэдэлъ щхьэхуэныгъэхэмрэ, полимерхэр къызэрагъэщI уней икIи зэдай Iэмалхэмрэ ахэр къызэрыщIагъэкIымрэ, техникэмрэ промышленностымрэ къызэрыщагъэсэбэп щIыкIэхэм, нэгъуэщI куэдми.
ЩIэнIуатэм ипэ къихуэу абы къагъэхьа щIэныгъэ къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр зэрыт тхылъ къыдэкIащ. Абы иIэщ тхылъымпIэ къыдэкIыгъуэхэм я дунейпсо щапхъэм тет ISBN-м и бжыгъэри. ДяпэкIэ РИНЦ жыхуаIэ урысейпсо щIэныгъэрыгъуазэм и сайтми тхылъыр кърагъэхьэну я мурадщ.
ШУРДЫМ Динэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2064.txt"
} |
Хэкурыдж зекIуэхэр
«Урысейм и щIэинхэр. Iуащхьэмахуэ ихъуреягъкIэ» фIэщыгъэр зиIа хэкурыдж проектым хиубыдэу, мы махуэхэм Iуащхьэмахуэ лъапэ къыщызэрагъэпэщащ квадроциклхэмкIэ щIыпIэр къыщызэхажыхьа зекIуэ хьэлэмэт. Iуэхум и жэрдэмщIакIуэ хъуащ гъуэгу пхыдзахэм къыщыжыхьыным дихьэххэм я «Квадроостров» клубу Москва щылажьэмрэ Урысей географие зэгухьэныгъэм КъБР-м щиIэ «Альтаир» щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэмрэ хэтхэр.
Ди щIалэхэм нэмыщI, зекIуэ гъэщIэгъуэным хэтащ Москварэ Москва областымрэ ящыщ щIалэхэу гъуэгу пхыдзахэм квадроциклкIэ къыщыжыхьыным дихьэххэр. Ахэр зрикIуэну лъагъуэр зыубзыхуар Урысей географие зэгухьэныгъэм хэт хэкурыдж цIэрыIуэ Мокаев Тенджызщ. ЗекIуэм и унафэщIу щытар «Квадроостров» клубым и пашэ Зимин Александрщ. Абы зэрыжиIэмкIэ, проектыр къызэрыунэхурэ илъэсищ мэхъу, абы и мурад нэхъыщхьэри щIыналъэ щIыуэпсыр нэсу джыныращ.
ЩIалэ хахуэхэм квадроциклхэм тесу зэпачащ километр 500-м щIигъу гъуэгу зэмылIэужьыгъуэхэр, шынагъуэхэри, пхыдзахэри, лъагъуэ мыцIыхухэри, кIыхьхэри хэту. Апхуэдэу Кавказ къуршхэм хиубыдэ бгы зэхуакуи 6-рэ щхьэдэхыпIи 7-рэ къызэранэкIащ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыуэпс дахэр зрагъэлъэгъуащ, тхыдэ мыхьэнэ зиIэ щIыпIэ зыбжанэм къыщыувыIащ. Апхуэдэт, къапщтэмэ, генерал цIэрыIуэ Эммануэль Георгий и цIэр зезыхьэ хуейр, Къэнжал щIыпIэр, нэгъуэщIхэри.
ЗекIуэм къриубыдэу абы хэтахэм Iуащхьэмахуэ ихъуреягъыр къажыхьащ, ипщэ лъэныкъуэмкIэ къыщыщIадзэри. Iуэхум адэкIи къыпащэнущ. ДяпэкIэ абы хэтынущ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Кавказ Ищхъэрэм я мызакъуэу, Урысей Федерацэм и нэгъуэщI щIыналъэхэми къикIа щIалэхэри.
ЖЫЛАСЭ Маритэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2065.txt"
} |
Къанокъуэ Арсен зэпеуэщIэ зэхеублэ
Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэу Къэрал Думэм хэт сенатор Къанокъуэ Арсен республикэр илъэси 100 щрикъу махуэм ирихьэлIэу зэхьэзэхуэщIэ зэрыригъэкIуэкIынум теухуауэ инстаграмым щиIэ напэкIуэцIым хъыбар къыщыдегъащIэ.
ЦIыху щыIэу къыщIэкIынкъым и щIыналъэр фIыуэ имылъагъуу. Ауэ а лъагъуныгъэр наIуэ къэпщIыну махуэ къэс Iэмал бгъуэтыркъым. ЦIыхубэр хэкупсэу щытыным тригъэгушхуэнкIэ емызэш Къанокъуэ Арсен зэхиублэ зэпеуэщIэм и фIыгъэкIэ а Iэмалыр нобэ гукъыдэж зиIэ псоми яIэщ.
«Къэбэрдей-Балъкъэрыр Урысейм и щIыпIэ нэхъ дахэ дыдэхэм язщ, - зыкъыщытхуегъазэ Къанокъуэм и хъыбарегъащIэ напэкIуэцIхэм. – Ди къэралым цIыху щIагъуэ ис къыщIэкIынкъым Iуащхьэмахуэ, Шэджэм псыкъелъэхэм, Гуэл щхъуантIэхэм, Аушыджэр псыхущхъуэхэм, ХьэтIохъущокъуэм и хадэм и хъыбар зэхимыхауэ. Ауэ шэч закъуи къытезмыхьэу сощIэ турист-зыплъыхьакIуэхэм яцIыху республикэм и хъугъуэфIыгъуэ цIэрыIуэхэм нэмыщI, ди щIыналъэм щыщ дэтхэнэ зыми езым и гум нэхъ лейуэ щигъафIэ щIыпIэ зэриIэм.
Сэ зыкъэсщтэжмэ, ар Шытхьэлэ и хъуреягъкIэ щылъ мэзитIращ – Мэзышхуэмрэ Мэз цIыкIумрэ. Ди сабиигъуэм абыхэм мэзыдэкIэ зыщыттIыжырт, псы блэжхэм бдзэжьей къыщыдубыдырт. Абыхэм къакIэлъокIуэ гуплъым хуэдэу щхъуантIэ Iуащхьэхэмрэ шымрэ Iэщымрэ щыдгъэхъуу щыта удзыпцIэхэмрэ. Гъатхэм ажэгъуэмэмрэ къэлэрдэгумрэ зэщIащтэу щыта а щIыпIэр нобэми жэнэт хадэм хуэдэущ си нэгу къызэрыщIэувэжыр».
Шэч къытесхьэркъым дэтхэнэ зыми апхуэдэу и псэм нэхъ пэгъунэгъу щIыпIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым зэрыщиIэм. Республикэр илъэси 100 щрикъуну махуэм ирихьэлIэу сыхуейт сэри фIыуэ флъагъу щIыпIэхэм фи нэкIэ сеплъыну, ахэр зэзгъэцIыхуну. Ар ди щхьэусыгъуэу «КъБР-р - си нэкIэ» зыфIэтща флешмоб къызэдгъэпэщыну мурад тщIащ.
Сыт абы ухэтын папщIэ пщIэн хуейр?
Зы закъуэ - секунд 15-20 нэхърэ мынэхъ кIыхьу теплъэгъуэ кIэщI бгъэхьэзыру уи инстаграм напэкIуэцIым къиплъхьэну. Си дэIэпыкъуэгъухэм фи лэжьыгъэхэм гу лъатэн папщIэ, абы кIэщIэтхапхъэщ: @kanokovarsen; #кбрмоимиглазами хэщIапIэмрэ зыщIэупщIэр къызэралъыхъуэ дамыгъэмрэ.
Видео цIыкIухэр сытым теухуами хъунущ. Нэхъыщхьэр – фэ езым фи хэкум хувиIэ еплъыкIэрщ. Ар къуршуи, псыежэхыуи, гуэлуи, къэкIыгъэуи, псэущхьэуи щрет. Iэмал имыIэу щыткъым ар щIыуэпсым и хъугъуэфыгъуэу къыщIэмыкIынкIи. Зи гугъу фщIыр цIыхум и Iэдакъэ къыщIэкIа къалэ, къуажэ ухуэныгъэуи, нэгъуэщI зыгуэруи щытмэ ягъэ кIынукъым. Ауэ зыщывмыгъэгъупщэу къэвгъэлъагъуэ щIыпIэм и цIэр.
Зэпеуэр екIуэкIынущ бадзэуэгъуэм и 13-м щегъэжьауэ 27 пщIондэ. Мы тхыгъэр къыщытехуэ бадзэуэгъуэм и 13-м щегъэжьауэ махуищ зэрыдэкIыу, фи лэжьыгъэхэр инстаграмым къызэIуиха «reels» IэмалыщIэмкIэ къитлъхьэн щIэддзэнурэ, цIыху бжыгъэшхуэм ялъагъунущ».
Зэпеуэм щытекIуауэ къалъытэнущ зи видео теплъэгъуэхэр нэхъ зыхуей хуэзауэ зыгъэхьэзырахэр, макъымрэ фэмрэ нэхъ IупщIу щыхэплъагъукIхэр.
«Ирыралъагъу ди щIыналъэ телъыджэр цIыху нэхъыбэм. Маржэ, едвгъэгъэцIыху псоми ди хэкумрэ абы щыпсэу цIыху дахэхэмрэ», - закъыхуегъазэ сенаторым зэпеуэм хэтыну иригъэблагъэхэм.
Чэрим Марианнэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2066.txt"
} |
ЦIыхухэм я узыншагъэм зэрыкIэлъыплъыр ирагъэфIакIуэ
КъБР-м и Парламентым «Правительствэм хухах сыхьэтым» хыхьэу щытепсэлъыхьащ онкологие дэIэпыкъуныгъэр республикэм къызэрыщызэрагъэпэщ Iэмалхэр зэрырагъэфIакIуэм.
КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалибатэ Рустам жиIащ онкологие узыфэм илIыкIхэр нэхъ мащIэ хъун папщIэ, «Узыншагъэр хъумэн» лъэпкъ Iуэхум щыщу «Онкологие узыфэхэм зэрыпэщIэтыр» федеральнэ проектыр Къэбэрдей-Балъкъэрым зэрыщагъэзащIэр.
Бжыгъэхэр къэпхьмэ
2020 гъэм республикэм апхуэдэ узыфэ яIэу мини 2-м щIигъу щатхащ, 2021 гъэм и япэ мазитхум - сымаджэу 800-м щIигъу.
КъызэрапщытамкIэ, 2019 гъэм елъытауэ 2020 гъэм сымаджэу къахутар процент I4-кIэ нэхъ мащIэщ. Абы и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр нэгъабэ коронавирусым зэрызиубгъуам къыхэкIыу медицинэ дэIэпыкъуныгъэ хуейуэ сымаджэщхэм екIуэлIар зэрынэхъ мащIэрщ.
ДэIэпыкъуныгъэр зыхуэдэр
Онкологие узыфэ зиIэ сымаджэхэм зэрадэIэпыкъур Iыхьищу гуэшауэ къызэрагъэпэщ, цIыхухэм хэхауэ зыщIагъэкъуэфын хуэдэу. 2021 гъэм КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм епха Онкологие диспансерым лэжьыгъэр къызэрыщызэрагъэпэщ щIыкIэм зэхъуэкIыныгъэхэр игъуэтащ. IуэхущIапIэм хэтщ Клинико-диагностикэ бюро. Абы хохьэ онкологие узыфэ зиIэ сымаджэхэм зэреIэзэну щIыкIэр зыгъэбелджылы дохутыр-IэщIагъэлI псори.
КъищынэмыщIауэ, зи гугъу тщIы узыфэм ехьэлIауэ цIыхухэм дэIэпыкъуныгъэ щагъуэт Республикэм и клиникэ сымаджэщым и нейрохирургие къудамэмрэ Республикэм и сабий клиникэ сымаджэщым онкогематологие къудамэмрэ.
Лэжьыгъэр зэрызэтраублэр
Республикэм и медицинэ IуэхущIапIэхэр дохутыр-онкологхэмкIэ процент 85-кIэ къызэгъэпэщащ. КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэр хущIокъу лэжьыгъэм хуэIэкIуэлъакIуэ IэщагъэлIхэр медицинэ IуэхущIапIэхэм къызэрыришэлIэнум, апхуэдэуи гулъытэшхуэ хуещI абыхэм я Iэзагъэм щIэх-щIэхыурэ зэрыхагъэхъуэным.
Къалибатэм жиIащ УФ-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм иращIылIа зэгурыIуэныгъэм тету, Онкологие сымаджэщыр зыхуэныкъуэ медицинэ Iэмэпсымэхэр къызэращэхуар. Къэбгъэлъагъуэмэ, 2019 – 2021 гъэхэм къриубыдэу диспансерыр къызэрагъэпэщащ зыхуей медицинэ Iэмэпсымэу 50-м нэблагъэкIэ.
2021 гъэм и мазаем сымаджэщым кIуэцI узхэм зэреIэзэ иджырей медицинэ Iэмэпсымэхэр къыIэрыхьащ. А лэжьыгъэм 2022 гъэми пащэнущ.
Хущхъуэхэр пщIэншэу зратхэр
Онкологие уз зиIэхэр программэ хэхахэм тету хущхъуэкIэ къызэрагъэпэщ ОМС-м и мылъкукIэ. абы зэпымыууэ кIэлъоплъ КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэр.
Къалибатэм къыхигъэщащ республикэм зэрыхуэщхьэпар Онкологие сымаджэщыр медицинэ IэмэпсымэщIэхэмкIэ къызэрызэрагъэпэщамрэ операцэ зыщI дохутыр-онколог нэхъыфI дыдэхэр къызэрырашэлIамрэ: сымаджэхэр нэхъапэкIэ нэгъуэщI республикэхэм кIуэн хуей щIэхъуу щыта операцэ лIэужьыгъуэ куэд иджы ди деж щащIыф.
- Льготэ зиIэ цIыху щхьэхуэхэр хущхъуэкIэ къызэрызэдгъэпэщым гугъуехьхэр пылъщ, федеральнэ, щIыналъэ бюджетхэм а Iуэхум хухагъэкIыр ирикъуркъыми, - жиIащ министрым.
КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэр мы зэманым йолэжь хущхъуэхэр къызэращэху ахъшэм зыхущыщIэ и Iыхьэр федеральнэ къулыкъущIапIэм къазэрыхухигъэкIыным. Абы теухуауэ и Iуэху еплъыкIэр къигъэлъэгъуащ Онкологие сымаджэщым и дохутыр нэхъыщхьэ Цикоридзэ Малхаз.
ХэкIыпIэхэр
Депутатхэм министрым зыхуагъэзащ упщIэ зыбжанэкIэ. Абыхэм язт онкологие центр яухуэм и Iуэхур здынэсари. Къалибатэм жиIащ цIыху 250-м тещIыхьа а IуэхущIапIэм и ухуэныгъэр и кIэм зэрынагъэсыну ахъшэр къратыным теухуауэ УФ-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм зэрызыхуагъэзар. Абы теухуа унафэр къыщащтэнущ Правительствэм и комиссэм и зэIущIэм.
- Мы Iуэхур ткIийуэ фи нэIэм щIэвгъэтыну сыхуейт, сыту жыпIэмэ реанимацэм и къудамэр сыт хуэдэу IэмэпсымэфIхэмкIэ къызэмыгъэпэщами, зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым онкологие сымаджэщыр 1930 гъэхэм ящIа унэхэм зэращыщыр икIи иджырей Iэмэпсымэ абы щыбгъэувыным гугъуехь зэрыпылъынур. Апхуэдэуи къыхэзгъэщынут депутатхэм ди дэIэпыкъуныгъэ гуэр фыхуэныкъуэ хъумэ, зыфщIэдгъэкъуэну дызэрыхьэзырыр, - жиIащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ.
Апхуэдэуи ар щIэупщIащ онкологие узыфэр цIыхум зэриIэр пасэу къащIэн папщIэ яIэ Iэмалхэм.
Министрым жиIащ абы мыхьэнэшхуэ зэриIэр, ауэ дыщIигъуащ цIыхум и узыншагъэм щыкIэлъигъэплъым ирагъэкIуэкI къэхутэныгъэ псоми къызэримыгъэлъагъуэр апхуэдэ узыфэ гуэр иIэрэ имыIэрэ.
Депутатхэр щIэупщIащ сымаджэр медицинэ IуэхущIапIэм щыкIуэну махуэр электроннэу зэрыригъэтхыфыну щIыкIэм.
Къалибатэ Рустам жиIащ а Iуэхум иджыпсту жыджэру зэрелэжьыр, нэгъуэщI къалэхэм IэщIагъэлIхэр кърашауэ хъыбарегъащIэ Iэмалхэр зэрызэтрагъэухуэр.
Депутатхэр тепсэлъыхьащ щIыналъэм, Урысейм щысымаджэхэм я бжыгъэм, IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэр лэжьыгъэм къызэрырашалIэм, нэгъуэщIхэми.
Я Iуэху еплъыкIэр жаIа нэужь, IуэхущIапIэхэр зэлэжьыпхъэр къагъэлъэгъуащ.
КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2067.txt"
} |
Дунейм щыхъыбархэр
Материк нэхъ тхьэмыщкIэ дыдэм и нэхъ зызыужьа къэрал
«Африка» псалъэр зэрызэхэпхыу япэу гум къэкIыр и инагъкIэ ЩIы хъурейм етIуанэ увыпIэр (километр зэбгъузэнатIэ 30370000-рэ мэхъу) щызыIыгъ, апхуэдэу щытми нэхъ къыкIэрыхуа, зи цIыхухэр тхьэмыщкIагъэм хэмыкI щIыпIэу зэрыщытырщ. Абы къэрал 55-рэ къызэщIеубыдэ, 2018 гъэм къызэрабжамкIэ, цIыху 1275920972-рэ щопсэу.
Дунейм и адрей хэкухэм зи зыужьыныгъэкIэ ялъэщIэмыхьэ материкым иIэщ зи цIыхухэр мыIейуэ зыгъэпсэуф щIыналъи - ар Африкэ Ипщэ къэралыгъуэрщ. Я псэукIэ-зэхэтыкIэкIэ бгъэщIэгъуэн куэд яIэщ а къэралым исхэм. Мис абыхэм ящыщ зыбжанэ:
♦ЮАР-м къалащхьэу зыкъым иIэр – ахэр щы мэхъу: Претория (унафэр зыIэщIэлъ IуэхущIапIэхэр здэщыIэр), Блумфонтейн (хеящIэхэр), Кейптаун (хабзэубзыху IуэхущIапIэхэр). Къалащхьищ зиIэ нэгъуэщI зы къэрали дунейм теткъым.
♦ЮАР-м ядернэ Iэщэ зэригъэпэщат, ауэ зыкIи хуэмейуэ къилъытэжри, абы къыпыкIащ.
♦Африкэ Ипщэм дунейм щынэхъ лъапIэ дыдэ мафIэгур щызокIуэ, Кейптаун - Преторие гъуэгуанэм тету - зэ итIысхьэгъуэм доллар 1500-рэ и уасэщ.
♦Зи уэздыгъэ уасэр щынэхъ пуд дыдэ къэралщ ар - зы киловатт-сыхьэтым щIатыр центи 10 хуэдизщ.
♦ЮАР-м зи фэр хужьу исыр къэралым щыпсэухэм я проценти 10 хуэдиз хъууэ аращ, ауэ ахэрщ нэхъ щIэныгъэфI зиIэхэри, унафэр зыIэщIэлъхэри.
♦А къэралырщ щызэхалъхьар фIамыщIым бензин къызэрыхащIыкI щIыкIэр. Апхуэдэ гъэсыныпхъэ литрым зы доллар хуэзэу аращ, зызыужьа къэралхэм я деж нэхърэ куэдкIэ щынэхъ пудщ.
♦Жылэхэм я нэхъыбапIэм я крантIхэм къиж псым уефэ мэхъу.
♦Европэм и къалэшхуэхэм ущыпсэуну нэхъыфIыр къалэкухэращ. ЮАР-м щыапхуэдэкъым: къалэкухэм унэ мыхьэнэншэхэрщ дэтыр, бзаджащIэхэр щыкуэдщ. Къалэ гъунэхэрщ хуэщIауэ псэухэм хэщIапIэ ящIыр.
♦Балигъхэм я процент 99-м автомобиль, мотоцикл зэрагъэкIуэну хуитыныгъэ яIэщ. Абы и щхьэусыгъуэр жылагъуэ транспортым фIыуэ зэрызимыужьарщ, абы къыхэкIыу псоми яIэжщ езыхэр зэрызекIуэн.
Нобэ
♦Украинэм и бухгалтерымрэ аудиторымрэ я махуэщ
♦622 гъэр Муслъымэн махуэгъэпсым и щIэдзапIэщ. Мухьэмэд Бегъымбарыр Мэчэм икIри Мадинэ кIуащ.
♦1790 гъэм США-м и Конгрессым унафэ къищтащ къэралым и къалащхьэщIэ Вашингтон щаухуэну щIыр абы хухэхыным теухуауэ.
♦1909 гъэм автомобилхэр къыщIэзыгъэкI «Ауди» компаниер къызэрагъэпэщащ.
♦1932 гъэм Донецкэ областым и къалащхьэр Артёмовск (иджы Бахмутщ) ирахри, Сталинэ (иджы Донецкщ) яхьащ.
♦1944 гъэм нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм къыIэщIагъэкIыжу хуит къэхъужа Минск къалэм патризанхэм парад щрагъэкIуэкIащ.
♦1945 гъэм США-м и Тринити полигоным, Нью-Мексикэ штатым щыIэм, дунейм щыяпэу щIы щхьэфэм атомнэ бомбэм и лъэщагъыр щагъэунэхуащ. Абы уафэгум дрыригъэхуея лыгъэр щалъэгъуат километр 290-кIэ, и макъыр щызэхахат километри 160-кIэ пэжыжьэхэми. А гъэ дыдэм Америкэм а Iэщэ шынагъуэр щридзыхащ Японием и Хиросимэ (шыщхьэуIум и 6-м), Нагасаки (шыщхьэуIум и 9-м) къалэхэм.
♦1956 гъэм Карело-Финскэ ССР-р Карелие АССР-ру зэрахъуэкIащ. Иджыпсту ар УФ-м хыхьэ Карелие Республикэщ.
♦1965 гъэм къызэIуахащ Монблан бгым (Альпы къуршхэм я щыгу нэхъ лъагэ дыдэм) кIуэцIрыкI гъуэгур. Абы зэпищIащ Франджым и Шамони, Италием и Курмайор къалэхэр.
♦1979 гъэм Хъусейн Саддам Иракым и президент хъуащ.
♦1990 гъэм Украинэ ССР-м и Радэ Нэхъыщхьэм а республикэр зыми и унафэ щIэмытыным теухуа Декларацэр къищтащ.
♦1922 гъэм къалъхуащ тхакIуэ КIэрэф Мухьэмэд.
♦1932 гъэм къалъхуащ совет фигурист, Олимп Джэгухэм тIэунейрэ я чемпион, СССР-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер Протопопов Олег.
♦1935 гъэм къалъхуащ СССР-м спортымкIэ и мастер, къэралым щэнейрэ и чемпион, КъБР-м физкультурэмрэ спортымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къуэдзокъуэ Анатолий.
♦1937 гъэм къалъхуащ СССР-м и цIыхубэ артисткэ, Украинэм и ЛIыхъужь Роговцевэ Адэ.
♦1940 гъэм къалъхуащ искусствоведенэм и доктор, КъБКъУ-м и профессору щыта Мэлбахъуэ Борис.
♦1962 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ, музыкант, УФ-м щIыхь зиIэ и артист, Къэрэшей-Шэрджэсым и цIыхубэ артист Лепс Григорий (и унэцIэ дыдэр Лепсверидзещ).
♦1968 гъэм къалъхуащ усакIуэ-уэрэдус, уэрэджыIакIуэ, композитор цIэрыIуэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артист Агутин Леонид.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 31 - 32-рэ, жэщым градус 18 - 20 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Узыхэфыжыну псым хьэ хыумыукIэ,
иумыгъэкIыжыну фызым дзы хуумыус.
Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2068.txt"
} |
Фэеплъхэр къагъэщIэрэщIэж
«Хэкур яхъумэу хэкIуэдахэм я фэеплъыр хэмыгъэкIуэдэжын» федеральнэ программэм хэту йокIуэкI Лэскэн щIыналъэм ит зауэ фэеплъхэр зыхуей хуэгъэзэжыным теухуа Iуэхухэр.
Мы илъэсым апхуэдэ лэжьыгъэхэр щаублащ Хьэтуей, Уэзрэдж, Лэскэн ЕтIуанэ къуажэхэм. Зэгъэпэщыжыныгъэ Iуэхухэм хыхьэу мемориалхэр къагъэщIэрэщIэжынущ, абы къегъэбыдылIа щIыналъэр сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей хуагъэзэнущ – екIуалIэ лъэс лъагъуэр плиткэкIэ къращIыкIынущ, къекIуэкIыу ягъэува гъущI хъархэр ялэнущ, фэеплъ пхъэбгъум тет цIэ-унэцIэхэр къыхагъэщыжынущ.
Мы махуэхэм лэжьыгъэр щызэфIагъэкIащ Лэскэн ЕтIуанэ къуажэм дэт къуэшыкхъэм. Хьэтуей, Уэзрэдж жылэхэм дэт фэеплъхэр зэфIэгъэувэжыныр шыщхьэуIу мазэм и кIэм яухыну я мурадщ.
Зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъ щIыпIэу Лэскэн районым тху итщ. ЕтIанэгъэ Урыху, Аргудан къуажэхэм дэт къуэшыкхъэхэр зыхуей хуагъэзэжынущ.
ЩхьэщэмыщI Изэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2069.txt"
} |
УсакIуэшхуэр ягу къагъэкIыж
Хабзэ хъуауэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, РСФСР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ КIыщокъуэ Алим дунейм щехыжам ирихьэлIэу, пэкIу щекIуэкIащ Налшык щыхуагъэува и фэеплъым деж. Абы щызэхуэсат жылагъуэ, политикэ Iуэху зезыхьэхэр, гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ я лэжьакIуэхэр, лъэпкъ интеллигенцэр, усакIуэм и благъэхэр, Iыхьлыхэр, ныбжьэгъухэр, тхакIуэр зыцIыхуу щытахэр, и къуажэгъухэр, и усэхэр фIыуэ зылъагъухэр. ПэкIур къызэIуихащ икIи иригъэкIуэкIащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин.
КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Беппаев МутIалип зэхуэсым кърихьэлIахэм кIэщIу ягу къигъэкIыжащ КIыщокъуэм и гъащIэмрэ гуащIэмрэ, и тхыгъэхэм Совет Союзым, Урысейм я мызакъуэу, хамэ къэрал куэдми щIэупщIэхэр зэрыщаIэм, КIыщокъуэм и цIэр ар къыщалъхуа Щхьэлыкъуэ къуажэм и курыт еджапIэм, музейм зэрызэрахьэм. Беппаевым къыхигъэщащ адыгэ литературэм и классик КIыщокъуэ Алим къызэралъхурэ мы гъэм илъэси 105-рэ зэрырикъур.
Филологие щIэныгъэхэм я доктор, Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и къэрал щIэныгъэхутэ институтым и лэжьакIуэ нэхъыжь, профессор БакIуу Хъанджэрий игу къигъэкIыжащ «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд «Всадник чести» тхылъыр къыдигъэкIауэ зэрыщытар икIи къыхигъэщащ ди щIыналъэм и хъумакIуэ шууей хъыжьэу Хэку зауэшхуэм зыкъыщызыгъэлъэгъуа КIыщокъуэм хуэдэу а псалъэхэр зыхуэфащэ къызэрыгъуэтыгъуейр, тхакIуэм тхыдэм и напэкIуэцIхэр зэфIигъэувэжурэ, образ гукъинэжхэр къигъэщIурэ лъэпкъ литературэр зэригъэбеяр, сыт хуэдэ къулыкъу пэрымытами, къызыхэкIам хуэфащэ адыгэлI нэсу зэрыщытар, и Iэужьхэм нобэр къыздэсым цIыхубэм зэрызыхуагъазэр.
- Адыгэ литературэм и классик КIыщокъуэ Алим и фэеплъ махуэщ нобэ. Зэрыфлъагъущи, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм тхакIуэшхуэм пщIэшхуэ хуащI икIи и щIэинхэр зыхалъхьэ щыIэкъым. Ар къызэралъхурэ илъэси 105-рэ зэрырикъур гъэмахуэм дгъэлъэпIэнущ, - жиIащ Тхылъыр фIыуэ зылъагъухэм я республикэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Шинкарёвэ Наталье. - Къулыкъу зэмылIэужьыгъуэ куэдым пэрыта, дунейпсо художественнэ литературэм зи цIэр къыхэна КIыщокъуэм и фэеплъым хуащI пщIэмрэ щIыхьымрэ уасэншэщ.
Щхьэлыкъуэ къуажэм и курыт еджапIэ №2-м и унафэщI Хъутат Луизэ жиIащ я школым КIыщокъуэ Алим и цIэр зэрызэрихьэмрэ усакIуэшхуэм и музей абы къызэрыщызэIуахамрэ зэрыригушхуэр, тхакIуэм и гъащIэмрэ щIэинхэмрэ щIэблэр зэрыщIапIыкIыр икIи и тхыгъэхэм зыхуагъэзэху цIыхубэм зэращымыгъупщэнур. Школым и гъэсэнхэр къеджащ Алим и усэхэм ящыщу нэхъыфIу ялъагъухэм.
ЗэIущIэр и кIэм щынэблагъэм, КIыщокъуэ Алим и фэеплъым удз гъэгъахэр тралъхьащ. Зэхыхьэм хэтахэр кIуащ усакIуэшхуэр къыщалъхуа икIи щыщIалъхьэжа Щхьэлыкъуэ къуажэм, абы дэт и фэеплъ музейм зыщаплъыхьащ. Аращ щахъумэр усакIуэм къыщIэна хьэпшыпхэр, тхылъхэр, сурэтхэр. КърихьэлIахэр абы усакIуэм и гъащIэмрэ гуащIэмрэ щытепсэлъыхьащ, и усэхэм къыщеджащ.
ТЕКIУЖЬ Заретэ. Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "207.txt"
} |
Зы зэхьэзэхуэм адрейр къыкIэлъокIуэ
Атлетикэ псынщIэ
Венгрием и Секешвехервар къалэм мы махуэхэм щекIуэкIащ атлетикэ псынщIэмкIэ Дьюлаи Иштван и фэеплъ лъэпкъхэм зэдай зэхьэзэхуэхэр. Абы хэтащ лъагэу дэлъеинымкIэ иужьу Доха щызэхэта Дунейпсо чемпионатым и дыжьын медалыр къыщызыхьа Акименкэ Михаил.
Метри 2-рэ сантимет 33-рэ къызэзынэкIа ди лъахэгъум хуэдиз дыдэм щхьэпрылъащ Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам къыдыхэт Иванюк Илья. Акименкэ къигъэсэбэпа бгъэдыхьэгъуэ бжыгъэр зэрынэхъыбэм къыхэкIкIэ и хьэрхуэрэгъур япэ ирагъэщащ икIи къыхуагъэфэщар домбеякъ медалыращ.
Дунейпсо зэхьэзэхуэм пашэныгъэр щиубыдащ Белоруссием щыщ Недосеков Максим. Ар щхьэпрылъащ метри 2-рэ сантиметр 37-рэ лъагапIэм икIи мы лъэхъэнэм нэхъыфI щыхъуащ.
Бадзэуэгъуэм и 9-м Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ спортсмен цIэрыIуэр хэтащ Олимп джэгухэм и пэ къихуэ «Бриллиантовая лига» лъэпкъхэм зэдай зэхьэзэхуэм и кIэух зэпеуэхэм. Акименкэ Михаилрэ Канадэм щыщ Ловетт Джангорэ зэпеуэр ехъулIэныгъэ зэхуэдэ (метри 2-рэ сантиметр 29-рэ къызэранэкIауэ) яIэу и кIэм нагъэсащ. ТекIуэныгъэр зыхуэфащэр зэхагъэкIын папщIэ судьяхэм абыхэм къыхуагъэуващ метри 2-рэ сантиметр 32-рэ хъу лъагапIэр. Абы щхьэпрылъыфар ди лъахэгъуращ.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, Акименкэ Михаил, Ласицкене (Кучинэ) Марие дэщIыгъуу, хуит ящIащ Токио щекIуэкIыну Олимп джэгухэм хэтыну.
Жыласэ Замир.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2070.txt"
} |
Чемпионыр кърагъэблэгъэж
БэнэкIэ хуит
«Налшык» аэропортым къыщрагъэблэгъэжащ Германием и Дортмунд къалэм щекIуэкIа бэнэкIэ хуитымкIэ ныбжьыщIэхэм я Европэ зэхьэзэхуэм щытекIуа Къылшыкъуэ Ислъам. Ар ягъэлъэпIэну къызэхуэсат КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм и унафэщIхэр, Бахъсэн щIыналъэ администрацэм и лэжьакIуэхэр, Iыхьлыхэр, ныбжьэгъухэр, спорт зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр.
Хабзэм тету, чемпионым къыпежьащ икIи къехъуэхъуащ Къылшыкъуэ лъэпкъым и нэхъыжьхэр.
- Узыншагъэ быдэ иIэну, адэкIи и ехъулIэныгъэхэм хигъэхъуэну Ислъам дохъуэхъу. НобэкIэ ущыбанэ гупым ущынэхъ лъэщщи, адэкIи укъимыкIуэт! - зыхуигъэзащ чемпионым КъБР-м спортымкIэ и министрым и къуэдзэ Хэжь Заур.
Бахъсэн щIыналъэ администрацэм къыбгъэдэкIыу Къылшыкъуэм хъуэхъу псалъэхэр жриIащ икIи Олимп джэгухэм щытекIуэну Тхьэм хуелъэIуащ Iэтащхьэм и япэ къуэдзэ Къэзан Заур.
Ислъэмей къуажэм щыщ Къылшыкъуэ Ислъам «Вымпел» щIыпIэ спорт школым зыгъэсэн щыщIидзащ. НобэкIэ абы европэпсо ехъулIэныгъэ зыIэригъэхьащ икIи «Дунейпсо класс зиIэ спортым и мастер» цIэ лъапIэр къыфIащащ. Зэхьэзэхуэм и финал зэIущIэм ди лъэпкъэгъум 4:1-уэ щыхигъэщIащ хэгъэрейхэм ящыщ бэнакIуэ Майер Йоханесс. АрщхьэкIэ чемпионым къызэрыхигъэщыжымкIэ, нэхъ гугъуу щытар куржы спортсмен
Маргишвили Андро дригъэкIуэкIа финал ныкъуэ зэпэщIэтыныгъэрщ. Абы ди щIалэр 2:1-уэ ефIэкIащ.
Къылшыкъуэ Ислъам и лъахэм щагъасэ Мэршэнкъул Тимуррэ Елмэс Аслъэнрэ, Мэзкуу ар и нэIэм щыщIэтщ къэралым и ныбжьыщIэ командэ къыхэхам и тренер нэхъыщхьэ Тембот Анзор.
Иджыпсту чемпионыр щопсэу икIи зыщегъасэ Урысей Федерацэм и къалащхьэм. БэнакIуэхэм ящыщу абы и щапхъэщ олимп чемион Гацалов Хьэжмурат.
Къэхъун Бэч.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2071.txt"
} |
Илъэс щэ ныкъуэ хуэбгъэфэщэнукъым
Футбол
Иджыблагъэ, бадзэуэгъуэм и 2-м, и ныбжьыр илъэс 50 ирикъуащ балъкъэр футболист цIэрыIуэ, Къэзахъстаным и чемпион Гуртуев Владимир. Ар ди республикэм щекIуэкI зэхьэзэхуэхэм иджыпсту и судья нэхъыщхьэщ.
Гуртуев Солтан и къуэ Владимир Къыргъызым и Иссык-Куль областым 1971 гъэм къыщалъхуащ. Топ джэгун зыщригъэсари аращ.
Футболым цIэрыIуэ щыхъуар Къэзахъстанращ. 2000 гъэм «Спартак-Налшыкым» хагъэхьа щIалэщIэр Къумыкъу Виктор Кокшетау и «Есиль» командэм и тренер нэхъыщхьэу щагъэувым здишащ. КъыкIэлъыкIуэ илъэсым Нур-СулътIан и «Женис»-м хыхьащ икIи 2001 гъэм Къэзахъстаным и чемпион хъуащ. КъыкIэлъыкIуэ илъэсри хуэIеякъым икIи дыжьын медалыр зыIэригъэхьащ.
ИужькIэ «Атырау», «Тараз», «Энергетик», «Восток», «Окжетпес» командэхэм фIы дыдэу зыкъыщигъэлъэгъуащ. Псори зэхэту Къэзахъстаным зэIущIэ 230-рэ щригъэкIуэкIащ икIи я хьэрхуэрэгъухэм топ 43-рэ яхудигъэкIащ. Джэгун щыщигъэтам Гуртуев Владимир и ныбжьыр илъэс 37-м щIигъуат. ПщIэрэ щIыхьрэ уиIэу апхуэдизрэ утыку уитыфын папщIэ узыншагъэ быдэрэ зэфIэкI лъагэрэ убгъэдэлъын хуейщ.
- Илъэс пщIыкIутI ипэкIэ гъащIэр хуабжьу къыстехьэлъат: си анэр дунейм ехыжащ, унагъуэ Iуэхухэри зэIумыбз хъуат, - жеIэ Владимир. – Абы щыгъуэм Алыхьым селъэIуащ узыншагъэрэ зышыIэныгъэрэ къызитыну. Къытщхьэщытым ахэр къысхуищIащи, иджы сызэрелъэIур ди быныр къытхуихъумэну, абыхэм я насыпым къыпищэнырщ.
Гуртуев Владимир щIэх-щIэхыурэ щыплъагъунущ Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и судья нэхъыщхьэу. Игъэджэгухэм абы пщIэ къыхуащI зэпытщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ящIэ нэфI-ней Iуэхум зэи зэрыхимылъхьэнур, захуагъэм тету зэIущIэр зэрыригъэкIуэкIынур.
Мэзкуу Къан.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2072.txt"
} |
МафIэсгъэункIыфI- къегъэлакIуэ Зи лэжьыгъэм хуэIэижь
Лермонтов къалэм (Ставрополь край) щыIэ Урысейм и МЧС-м и еджапIэ-зыщагъасэ центрым щекIуэкIащ мафIэсгъэункIыфI-къегъэлакIуэ спортымкIэ щIыналъэ зэхьэзэхуэхэр. Абы хэтащ Кавказ Ищхъэрэ, Ипщэ федеральнэ щIыналъэхэм щыIэ УФ-м и МЧС-м я Управленэ нэхъыщхьэхэм я команди 10.
Спортсменищэм щIигъу зэхьэзэхуащ мафIэсыр гъэункIыфIыным, насыпыншагъэ къызыхукъуэкIахэр къегъэлыным унэтIыныгъэхэмкIэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ къыхэхам хэтащ НэкIус Мурат, ШэмпIар Къазбэч, Къудей Азэмэт, Сэхъурокъуэ Аслъэн, Жэмыхъуэ Кушбий, Абазэ Алим, Мисиров Тимур, Гъыдэ Артур, ФиIэпщэ Изнаур, Iэщыжь Анзор, Куэшей Мурат, Шыбзыхъуэ Дамирэ сымэ. Гупыр зэхьэзэхуэхэм хуигъэхьэзыращ Мисиров Ибрэхьим.
Зэпеуэхэм я нэхъ гугъу дыдэу къалъытэ еплIанэ къатым кIэрагъэувэ пкIэлъейкIэ дэкIуеиным пашэныгъэр щиубыдащ ШэмпIар Къазбэч. ЛъагапIэр абы къызэринэкIащ секунд 13,85-кIэ.
Жыласэ Замир.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2073.txt"
} |
Сочэ и щIалэгъуалэ гупым хохьэ
«Спартак-Налшык» сабий-ныбжьыщIэ спорт школым и гъэсэн, 2004 гъэм къалъхуахэм я гупым и капитан ХьэцIыкIу Амур зэгурыIуэныгъэ ирищIылIащ премьер-лигэм щыджэгу «Сочи» ФК-м и щIалэгъуалэ командэм.
НэхъапэIуэкIэ ХьэцIыкIур хэтащ «Алания» футбол академием и гупым. Иджы абы зыкъыщигъэлъэгъуэнущ Урысей Федерацэм и щIалэгъуалэ зэхьэзэхуэм. Ар и гъэсэнщ «Спартак-Налшык» ДЮСШ-м и тренер Шагъыр Исмел.
Темыр Дисанэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2074.txt"
} |
Бзэ благъэхэм я деж
Япэу щызыхэсщIар
Адыгэ лъэпкъхэм ящыщу беслъэнейхэр Псыжь адрыщIкIэ щежэх Инжыдж, Уарп, Лабэ псышхуэхэм я Iуфэхэм Iусыгъащ, нобэми аращ. КъухьэпIэмкIэ гъэза я щIы кIапэм кIахэ адыгэхэр зытеса я щIыгур гъунэгъубзэу къеуалIэу щытами, я псэлъэкIэр къэбэрдейхэм къэдгъэсэбэпым нэхъ пэгъунэгъущ.
ИтIани, гъэщIэгъуэныракъэ, мис а беслъэнейхэм (кIахэ адыгэхэм я гугъу тщIыххэнкъыми) иджыри къыздэсым яIэкъым бгыщхьэ аранэхэмрэ къыр сыджхэмрэ дэ яхужытIэ «къурш» псалъэр, къагъэсэбэпыр «къущхьэ» жыIэгъуэращ.
СыныбжьыщIэт
ДыгъафIэ махуэрэ гъэмахуэ бжьыфIэу, школми дыкъаутIыпщауэ, псыхъуэм зыщызыгъэпсэхуну гукъыдэж зыщIа балигъхэм ныбжьыщIэ цIыкIухэр гъусэ дызыхуащIат. ДыздэкIуам нэгъуэщI зы гупми дащыIущIащ. НыбжькIэ зэхуэхъухэр дызэбгъэдашэри, дызэрагъэцIыхуащ. Адрей гупым зы щIалэ цIыкIу яхэтт, щIыпIэ жыжьэ къикIауэ. ЗэрыжаIамкIэ, Къэрэшей-Шэрджэсым и Беслъэней къуажэм щыщт. Тыншу дызэрызэдэуэршэрым гу лъатати, балигъхэм лъэныкъуэ зрагъэзащ.
А махуэм цIыхугъэ схуэхъуа ныбжьыщIэм и адыгэбзэр телъыджэ сщыхъуащ, алъандэрэ зэхэсхари сызэсари къэбэрдей жыIэкIэр арати. Дыкъэзыухъуреихь Iэгъуэблагъэм и гугъу щыхуэсщIым, сеупщIащ: «мо къуршхэм хуэдэ фи щIыпIэхэмкIи щыIэ?» - жысIэри. Къэзгъэсэбэпа псалъэр къызэрыгурымыIуам гу щылъыстэм, згъэщIэгъуащ! Зи гугъу сщIыр къыхуэмыщIэу къыщеплъэкIым, аргуэру: «модэ мо къуршхэм хуэдэ?» упщIэм къытезгъэзащ, си IитIым языхэзыр а лъэныкъуэмкIэ сшийри. Асыхьэтуи, хьэщIэм и жэуапыр згъэщIэгъуащ: «мо къущхьэхэм хуэди? Ае! ЩыIи…» Абы щыгъуэщ япэу щызыхэсщIар «къущхьэ» псалъэм «къурш» мыхьэнэ иIэнкIэ зэрыхъунури...
.
БЭРАУ Бышэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "2075.txt"
} |
Subsets and Splits
No community queries yet
The top public SQL queries from the community will appear here once available.