text
stringlengths 11
353k
| meta
dict |
---|---|
Налшык
Накъыгъэм - зэIузэпэщу
Къалэр зэIузэпэщ щIыным ехьэлIа лэжьыгъэхэм щIыпIэ щхьэхуэхэм щыпащэ.
Мэлыжьыхьыр къызэрихьэрэ фIыуэ хагъэщIащ Балъкъэр театрым иращIылIэ ухуэныгъэхэм. И кIэм нагъэса унэщIыб лэжьыгъэхэм къазэрыкIэрыху щымыIэу, абы къегъэщIылIа лъэс зекIуапIэхэми, лъэныкъуэ зыбжанэкIэ укъуэдияуэ, плиткэ дахэхэр ирагъэзэгъащ.
Иджыпсту ухуакIуэхэм бетон къэухьхэр ягъэув. Уэсыр темыкI щIыкIэ кърашэлIа щIыр иракIутащ клумбэу яубзыхуа щIыпIэхэм: театрым ибгъукIэ, Хъураным и уэрамым екIуалIэу скверым и ищхъэрабгъу лъэныкъуэм. Мыгувэу абыхэм удз гъэгъахэр зэрыщыхасэным хуэдэу ягъэщэбэжащ. Мы лэжьыгъэр махуэ зыбжэнэкIэ зэфIагъэкIын хуейуэ щытщ. Абдеж щаухуа зыгъэпсэхупIэр пкъо гъэжа гъэщIэрэщIахэмкIэ къагъэвыхьыжащ, тетIысхьэпIэхэр зэрытрагъэувэным хуэдэу. Пкъохэм сэху хужьыбзэ иратыжынущ. Скверым ита жыгышхуэхэм зыкIи зэран хуэмыхъуу лэжьыгъэр кърахьэлIащ. Бзииху, кIей, зэрыджей куэд итщ а щIыпIэм. Ахэр гъэгъахэм я курыкупсэм хэтынущ, и хъуреягъым жьауэ тращIэрэ, жьыр ягъэкъабзэу. ЩIыпIэр зэIузэпэщу накъыгъэм и махуэшхуэхэм IущIэнущ.
Къалэр зыхуей хуагъазэ
Налшык и лъэс зекIуапIэхэр зэIузэпэщ ящI.
Горнэ хьэблэм хиубыдэ «Дэшхуей хадэм» пасэу щаубла гъатхэ лэжьыгъэхэм мыбэлэрыгъыу пащэ. Зы илъэси къанэркъым мыбы ит жыгыщIэ цIыкIухэм я лъабжьэр ямыгъэщабэу, ямыухъуэнщIу. Иджыпсту, тхьэмпэ къыпидзэгъуэм, лъэдийхэм сэху тракIэнущ. НыбжьыфI зиIэ дэшхуейхэм я къудамэ хэгъукIахэр къыпах, Iэмал зэриIэкIэ иджыри илъэс зыбжанэкIэ итын хуэдэу. Ирахынухэм я пIэкIэ жыгыщIэ цIыкIухэр хасэж. ЩIыпIэм, дауи, хасэм и нэхъыбэр дейщ, ауэ абыи емылъытауэ иужьрей иъэси 4 - 5-м абыхэм къахэхутащ бэлий, тут мэракIуэ, къыпцIей.
Накъыгъэм и махуэшхуэхэм ирихьэлIэу Афган зауэм хэкIуэдахэмрэ комсомолымрэ я фэеплъу скверым итхэм ягъуэта сэкъатхэр егугъуу ягъэзэкIуэж, абыхэм я хъуреягъым илъ плиткэхэр къагъэщIэрэщIэж, клумбэхэм удз гъэгъахэр хасащ, лъэс лъагъуэхэм я къэухьхэм елэжьащ, утитым ябгъухэм екIуэкI къуацэ лъахъшэхэр зэхуэдэу паупщIащ. Лэжьыгъэ щхьэхуэхэр къыщрахьэлIэ сабий аттракционми: хъыринэхэр, тетIысхьэпIэхэр ялэ, къежэхыпIэхэр ягъэджэфащ. ЦIыху куэдым я зыгъэпсэхупIэу щыт «Дэшхуей хадэр» махуэшхуэ къэблэгъахэм ирихьэлIэу сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей хуагъэзэнущ.
Къабзагъэм йогугъу
«РЖД» Урысей IуэхущIапIэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм къегъэщIылIа гъущI гъуэгухэм и Iэхэлъахэхэр зыхуей хуагъазэ.
Налшыкрэ Прохладнэмрэ зэпызыщIэ гъуэгум илъэс къэс иджы хуэдэ зэманым ремонт щхьэхуэхэр иращIылIэ. Линэм и кIыхьагъкIэ зызыдзынкIэ хъуну Iыхьэхэр щагъэбелджыри, сэкъат мащIэхэр щызэрагъэзэхуэж, гъуэгу дамыгъэхэр къыщагъэщIэрэщIэж. Мы махуэхэм гъуэгубгъухэр зэщIагъэкъэбзащ.
Гъуэгу лэжьакIуэхэм иджыпсту зэщIагъэкъабзэ Суворовым и уэрамым хуэзэ гъущI гъуэгубгъухэр. Абы къыдэкIуэу, япэ гъуэгу зэхэкIыпIэм хуэзэ псы щIэжыпIэшхуэр зыхуей хуагъэзащ. Зэман ипэ ар къызэрыращIыкIа чырбыш плъыжьыр тешхыхьат, псы жапIэхэм пшахъуэр щызэтрихьат. Иджы хуиту уэсыпсри уэшхыпсри щIэжынущ, гъущI гъуэгум къытемылъадэу. Лэжьыгъэхэр накъыгъэм и 1-м ирихьэлIэу зэфIагъэкIынущ.
Шэрэдж Дисэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1895.txt"
} |
УэрэдкIэ дунейм йопсалъэ
Согуэ Данил «Мадинэ» оперэм щоджэгу. 1971 гъэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Урысей Федерацэм щыпсэу лъэпкъхэм я артиадэм и лауреат Согуэ Данил Жамболэт и къуэм и ныбжьыр иджыблагъэ илъэс 80 ирикъуащ.
Композитор, Музыкэ театрым и артисту илъэс куэдкIэ лэжьа Согуэ Данил Зеикъуэ къуажэм къыщалъхуащ. Курыт еджапIэ нэужьым Налшык дэт Музыкэ училищэр къиухащ.
Зэрысабийрэ макъамэмрэ уэрэдымрэ дихьэха Данил и къалэмыпэм къыщIэкIащ тхылъиплI: «Дахащэу си адыгэщI» (1991 гъэ), «Жьэгу пащхьэ» (1995 гъэ), «Сэ уэрэдыр къыхызох» (2000 гъэ), «Зэ уадыгэну сыт и уасэ!» (2012 гъэ).
Къыхэгъэщыпхъэщ Согуэм и уэрэдхэм адыгэ лъэпкъым, хэкум, лъахэм гулъытэ хэха зэращыхуищIыр. Апхуэдэу абы иIэщ «Адыгэ хабзэ», «Адыгагъэ», «Си адыгэщI», «Адыгэ лIэужьхэр», «Адыгэ хэхэсым и лъэIу», «Адыгэ фащэ», «Адыгэ къафэ», «Си адэ лъахэ - си анэ куэщI», «Адыгэ псалъэ» уэрэдхэр, нэгъуэщIхэри.
Согуэм и уэрэдхэр цIыхубэм фIыуэ ялъэгъуащи, ахэр щIэх-щIэхыурэ радиокIэ къат, теплъэгъуэхэр трахыурэ телевиденэмкIэ къагъэлъагъуэ. Макъамэ гуакIуэрэ усыгъэ купщIафIэрэ зыщIэлъ а уэрэдхэм апхуэдэ цIэрыIуагъ щIагъуэтар ахэр зи IэдакъэщIэкIым и гуапагъэ Iыхьэ зэрахилъхьар арагъэнщ.
И япэ уэрэдыр дунейм къызэрытехьэрэ куэд щIами, Данил и цIэр лъэпкъ эстрадэм нобэми щыпэрытщ, абы и IэдакъэщIэкIхэм зэманыр зыпэмылъэщ мэгъу къару яхэлъщ. Яхэлъщ, купщIэ яIэщ, цIыхугум лъоIэсыфри.
Ди уэрэджыIакIуэ пажэхэу Нэхущ Чэрим, Сокъур Ольгэ, Кърым Иринэ, Даур Иринэ, Зеущэ Iэуес, Хъупсырджэн Альберт, Мэремыкъуэ Хъусен сымэ, нэгъуэщIхэми ягъэзащIэ Согуэм и IэдакъэщIэкI куэд.
Согуэ Данилрэ Даур Зоерэ я жьэгу пащхьэр адыгэ хабзэр щытепщэ унагъуэу зэрыщытыр я бжэщхьэIум узэребакъуэу гурыIуэгъуэ мэхъу. Данил сыт и лъэныкъуэкIи зыдезыгъэкIу, зыщIэзыгъакъуэ Зое къыгуэхыпIэ имыIэу щэнхабзэм и хьэуам зэрыхэсыхьыр нэрылъагъущ. Данил дыщепсалъэм, къыщыгъупщэхэр гузавэу щIегъуж абы е мыхьэнэ иIэу къыщыхъу Iуэхугъуэ гуэрхэм щыгъуазэ дещI. Шэч къызытумыхьэжынуращи, нобэми макъамэ телъыджэхэр зи Iэдакъэ къыщIэкI композиторым ар къызэрехъулIэр, творческэ къару зэриIэр куэдкIэ зи фIыгъэр абы щхьэгъусэ нэсу къыбгъэдэтырщ.
ЗанщIэу къыхэзгъэщынут - Данил псэлъэрейхэм ящыщкъым. Ар гупсысакIуэу, лэжьакIуэу Тхьэм къигъэщIащ. ИтIанэ, мыбыи сегупсысащ, ар дунейм псалъэкIэкъым, уэрэдкIэщ зэрепсалъэри, абыкIэ адыгэ лъэпкъым дахагъэу жриIамрэ цIыхугуу игъэгуфIамрэ къыпхуэмылъытэн фIыгъуэу бгъэдэлъщ. Иджыблагъэ Согуэм дедгъэкIуэкIа псалъэмакъыр фи пащхьэ идолъхьэ.
- ЛIыпIэ иува ди адыгэ усакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэм ящыщу сэ уэрэдыпкъ зыхуэзмытха куэд щыIэкъым, - къригъэжьащ Данил. - Абыхэм яхэтт зи IэдакъэщIэкIхэр уэрэд хьэзыру къакIуэхэри, гугъу сехьу фIэкIа сызыхуэмытхэфхэри. Иджырей усакIуэхэм я усэ газетхэм, журналхэм къатехуауэ слъагъурэ, сигу ирихьмэ, езы тхакIуэм семычэнджэщу, щыстх щыIэщ. Усэм макъамэ щIэслъхьэн ипэ, хьэрф, псалъэ къэс нэрынэ-нэрынэу зэрызох, абы авторым щIилъхьа гупсысэр зыбжанэрэ си щхьэм щызызогъэзахуэри, итIанэщ макъамэр къыщыкIуэр. Къыщыхъу щыIэщ, усэр къызэрымыкIуэу уигу ирихьу, уеблэмэ и сатырхэр гум кIэрыпщIэу, ауэ уэрэд къыпхухэмыщIыкIыу.
- Данил, утхэну сытым къару къуитрэ?
- Сэ сымытхэу схуэшэчынукъым. Ауэ нэхъыбэу сытхэн гуращэ къызэзытыр, шэч хэмылъу, усэ дахэхэрщ. Ди тхакIуэхэм я усэхэр къытезгъэзэжурэ щIызоплъыкI, гупсысэ гъэщIэгъуэнхэр къыщызогъуэт. Дауи, усэ псори уэрэд хъуркъым. Усэм и купщIэм, абы и мыхьэнэм, щIагъыбзэм елъытакъым уэрэд къыхэкIынрэ къыхэмыкIынрэ. Макъамэ хуэмыныкъуэ усэфIхэр щыIэщ, ауэ и нэхъыбэм макъамэ ящIэлъу тхащ, къахуэгъуэтын хуейуэ аращ армыхъумэ.
- Уи уэрэдылъэ цIыкIухэм сапхыплъати, гу зылъыстаращ, ахэр адыгэ усыгъэм и курыххэр къыщыбгъуэтыну къыдэкIыгъуэ хьэлэмэтщ, ари лэжьыгъэфIу къэплъытэ хъунущ.
- Иджыпсту хуей дэтхэнэри матхэри, фIыр и лъащIэм макIуэ. Ауэ абыхэм къагурымыIуэр зыщ, Iэпэм къыпыкI псори уэрэд хъуркъым. Ди уэрэджыIакIуэхэм я нэхъыбэм къалэну зыхуагъэувыжыр нэхъыбэрэ утыкум итынырщ, цIэрыIуэ защIынырщ, а Iуэхум, Iэмал зэриIэкIэ, нэхъ псынщIэу мылъку къыхахынырщ. Ар гъуэгу нэпцIщ. Лэжьыгъэм апхуэдэу убгъэдыхьэ хъунукъым, абыи хуэпщI пщIэращ щыбгъуэтыжынур.
- Иджырей ди адыгэ эстрадэр сыт хуэдэу къэплъытэрэ?
- Сыт хуэдэ IэнатIэми хуэдэу, нэхъапэм цIыхухэр зэрылажьэу щытамрэ иджырей зэманымрэ зэбгъапщэмэ, зэщхьэщыкIыныгъэшхуэ яIэщ. Иджыпсту цIыхухэр нэхъыбэу я щхьэ Iуэхущ зэгугъур. Нэхъапэм лэжьыгъэм пщIэ иIэт, псом хуэмыдэу, усэмрэ уэрэдымрэ хуащI гулъытэр лъагэт. Иджы уи сом хэплъхьэн, уэ езым уи къару къызэрихькIэ а унэтIыныгъэм зебгъэужьыжын хуейщ. Ауэ мыри къыхэгъэщыпхъэщ. Тхэну хуей цIыхум щхьэусыгъуэ къилъыхъуэркъым. Зэманыр хьэлъэ хъуами, абы IэнатIэм хуэпэж, гурэ псэкIэ ета цIыхухэр къыхигъэкъэбзыкIыу аркъудейщ. Лъэпкъым хуэлажьэ цIыхум и гуащIэм зыми хухэгъэщIынукъым.
Си уэрэд жызымыIэ щIагъуэ яхэткъым ди эстрадэм и лэжьакIуэхэм. Iуэхуракъэ, иджы псори тхакIуэ, усакIуэ, уэрэджыIакIуэ хъуащ. Ауэ уи цIэр нобэ бгъэIукIэ зэфIэкIрэ. «Иджыри зэ дедэIуэжащэрэт!» - уэрэдым хужамыIэмэ, си дежкIэ а лэжьыгъэм мыхьэнэ иIэкъым. Ауэ ахэри бгъэкъуэншэныр щыуагъэу къыщIэкIынщ, псоми я щхьэ Iуэху зэрахуэ, зэрыхъум хуэдэу мэпсэу. Къэралым творческэ Iэужьым пщIэ хуищIу щытамэ, а псори къэхъунутэкъым.
- Сэ сызэрыщыгъуазэмкIэ, уи творческэ гъуэгуанэм и къежьапIэм Москва Агитационнэ бригадэхэм я урысейпсо зыкъэгъэлъэгъуэныгъэм фыщыIащ. Абы мащIэу и гугъу уэзгъэщIынут.
- Зеикъуэ дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм и унафэщIу сылажьэрти, 1964 гъэм Агитбригадэ къызэдгъэпэщат. ЛэжьакIуэфIхэр къыхэщу сценарийр стхыри, щIыналъэ зэпеуэм япэ увыпIэр къыщытхьат. Налшык щекIуэкIа зэпеуэм етIуанэ дыщыхъуащ, Солдатскэ щIыналъэм къикIа урыс гупым япэ увыпIэр иратри. Республикэм къыбгъэдэкIыу зы гуп Москва ягъэкIуэн хуейти, урысхэр лIыкIуэ ямыщIу, дэ дагъэкIуат. Къашыргъэ Билал, Бер Хьэбалэ, НэщIэпыджэ Ибрэхьим сымэ мазэкIэ дагъэхьэзырри дагъэкIуат. Ди гупым хэтащ «Адыгэ псалъэ» газетым иджы и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэди. Абы дыкIуэу дыкъэкIуэжыху Мухьэмэд и нэр къытримыгъэкIыу, нэпсейуэ газетрэ журналу къигъуэтыр щIиджыкIырт. Абдежым сэркIэ гурыIуэгъуэ хъуат журналист телъыджэ къызэрыхэкIынур. Зэрытлъагъущи, сыщыуатэкъым!
Зеикъуэ Агитбригадэр абы лауреат дыщыхъури, дыгуфIэу дыкъэкIуэжауэ щытащ.
- 2012 гъэм «Зэ уадыгэну сыт и уасэ!» уи тхылъыр дунейм къытехьащ. Лъэпкъым ухуэлажьэу къэпкIуа гъуэгуанэм уриплъэжмэ, уадыгэну сыт и уасэ?
- Ар уасэншэ фIыгъуэщ. Гугъущ, ауэ зы лъэныкъуэкIи тыншщ. Адыгэлъ пщIэту укъалъху къудейкIэ зэфIэкIыркъым - адыгагъэ зыхэбгъэлъын, абы зытебгъэпсыхьын, адыгэ гупсысэкIэм, псэукIэм утетын хуейщ. Сэ Iэджэрэ къысхуохуэ сызэрыадыгэм сыщыщыгуфIыкIыж. НэгъуэщI щIыпIэхэм сыщыIауэ гуемыIу гуэрхэр си нэгу щIэкIмэ, ди хабзэ дахэхэм, ди цIыху щыпкъэхэм си гур къызэрагъэгъуэтыж. Уадыгэным нэхъ лъапIэ щыIэкъым!
- Адыгагъэм и IэфIыр щIэблэм къедгъэщIэн, яIурытлъхьэн папщIэ, сыт щIапхъэу къэплъытэрэ?
- Ар хуабжьу Iуэху инщ, лъэпкъыр зыгъэгузавэхэм ящыщщ. Унагъуэм, хьэблэм, къуажэм деж къыщежьэ Iуэхущ ар. АдыгэбзэкIэ псалъэ сабийм и адэ-анэм щыIэпыщIаудри мащIэкъым. Сэ сызэреплъымкIэ, мы Iуэхур иджыпсту псори дызэлэжьыпхъэщ, адэ-анэм я закъуэ ябгъэдэтлъхьэмэ, яхуэгъэкъаруунукъым.
- Уи псалъэхэм къыхэбгъэщащ уи творчествэр фIыуэ зылъагъухэр зэман гъунэгъум тхылъыщIэкIэ бгъэгуфIэну…
- Усэ нэхъыфIу къэслъытэхэм яхуэстха уэрэдхэр щызэхуэхьэсауэ, щIэ куэди иту «Лъагъуныгъэм и хьэтыркIэ» фIэщыгъэм щIэт тхылъ мыгувэу дунейм къытезгъэхьэну сыщогугъ.
- Уи IэдакъэщIэкI псоми хэбгъэфIыкIыу, зэманми гъащIэми хуэмыгъэкIуэщIу сыт хуэдэ уэрэд уиIэ?
- «Адыгэр зы дыхъужарэт!» фIэщыгъэм щIэту Зеущэ Iэуес жиIэу уэрэд сиIэщ. Мис ар фIы дыдэу солъагъу, си хъуэпсапIэри аращ - лъэпкъыр зы дыхъужынырщ.
- Уи гукъеуэр-щэ?
- Художественнэ совет, фIымрэ Iеймрэ зэхэзыгъэкI IэщIагъэлI гуп дызэримыIэрщ си гукъеуэр. лъэпкъ гъуазджэм сытым хуэдэу зригъэужьынут абы.
- Илъэс 80 гъуэгуанэ къызэбнэкIащи, гъащIэм къыщыхэпха IэщIагъэм насыпыфIэ уищIауэ пхужыIэну?
- Мэршэнкъул Iэдэм тхьэмыщкIэм къызжиIауэ щытащ: «Уи насыпщ, Данил! Уэ дунейм уехыжми, умылIа пэлъытэ ухъунущ. Уи Iэужьыр уи яужькIи псэунущ».
- Уарэзы-тIэ абыкIэ?
- Си унагъуэр схуэузыншэмэ, ди щIэблэм я гуфIэгъуэ тлъагъумэ, абыхэм иджыри тIэкIурэ сакIэлъыплъыфмэ, сынасыпыфIэщ!
- ИлъэсыщIэ къихьам ди щIэджыкIакIуэхэм сыт хуэдэ псалъэкIэ захуэбгъэзэнт?
- ЦIыхум и зэфIэкI, щIэныгъэ, IэщIагъэ, къулыкъу емылъытауэ, къызыхэкIа лъэпкъым пщIэ хуищIын, ар фIыуэ илъагъун хуейщ. Армырамэ, абы бгъэдэлъ, иIэ псоми мыхьэнэ яIэкъым. Дэтхэнэ унагъуэри узыншагъэ, дэрэжэгъуэ щымыщIэу, гукъеуэр я мащIэу псэуну си гуапэщ.
Епсэлъар Щомахуэ Залинэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1896.txt"
} |
КIэрэф Залымджэрий
Нобэ фи пащхьэ итлъхьэ тхыгъэр 1907 гъэм «Вокруг света» журналым «Клод» унэцIэ нэпцIыр щIэту къытехуауэ щытащ. Абы и щхьэусыгъуэнкIи хъунур Iуэтэжым зи гугъу ищI урыс-япон зауэм Кавказым щыщхэр зэрыхэта щIыкIэм цIыхухэр иджыри хуиту зэрытемыпсэлъыхьырт. Хъыбарым зи цIэ къыхэщ КIэрэф Залымджэрий къозыгъэцIыху тхыгъэхэр мызэ-мытIэу тетащ «Адыгэ псалъэм». А псоми зэтехуэу къыхощ а зауэм даша адыгэ щIалэхэр зыпэмылъэщыну бийм Iэпщэ пцIанэкIэ зэрыпэщIагъэувар, ар ямыдэу зыкъызэраIэтар щIэпхъаджагъэу зэрыщымытар, абыхэм я пашэу щыта КIэрэф Залымджэрий хейуэ зэраукIар.
Иджы утыку илъ дэфтэрхэм хъарзынэу щыгъуазэ уащI мы Iуэтэжым зи цIэ къыхэщ КIэрэф Залымджэрий и гъащIэ гъуэгу кIэщIым. КъызэрыщIэкIымкIэ, ар а зэманым щIэныгъэ зиIэу лъэпкъым къыхэкIа закъуэтIакъуэхэм ящыщт, «Бгырыс словеснэ суд» жыхуаIэм зэдзэкIакIуэу щылэжьэн хуэдизу урысыбзэ ищIэу. Зауэм щыIухьа илъэсым щIалэр илъэс 33-рэ хъурт. Хъэдижэрэ Залымджэрийрэ зы щIалэрэ зы хъыджэбзрэ яIэт, етIуанэ щIалэ цIыкIур и адэр зауэм щыIэу дунейм къытехьащ. ЛIыхъужьым и лIакъуэр, дауэ хъуами, зэпыуакъым. УкI тезыркIэ дунейм ехыжа Залымджэрий и къуэ Токъан и щIэблэр Франджым щыщ Корсикэ хытIыгум щыпсэууэ хъыбар щыIэщ.
КIэрэфыр къызыдэкIа Къылышбийхьэблэм щыщт лIыхъужьым усэ гукъинэж хуэзыуса ПащIэ Бэчмырзэ. Адыгэ литературэм пщIэ щызиIэ тхыдэ романхэм язщ Нало Ахьмэдхъан урыс-япон зауэм адыгэхэр зэрыхэтар къыщигъэлъэгъуэжа «Нэхущ шури».
Къэгузэващ, зэщIэхъеящ Къэбэрдеишхуэр. Нобэ уафэхуэплъэу щыт азэнджапIэм къыхуеджэныгъэ къыщыIуащ. МуIэзиным щIалэщIэхэр къриджащ Маньчжурие жыхуаIэ щIыпIэ жыжьэм щекIуэкI къэзэуат лъапIэм хыхьэу, зи фэр гъуэжь бийм текIуэу лIыгъэ къагъэлъэгъуэну. Куэдрэ гупсысакъым щауэхэр. Хасэ зэхуашэсщ, нэхъыжьхэр кърагъэтIысэкIри, Къэбэрдеишхуэм икIыу зы дзэ зэрагъэпэщыну унафэ къащтащ.
Шууей хъыжьэхэм заузэд Iэщэ-фащэкIэ. Мазэ докIри, ахэр зэрежьэнум хуэдэу къызэхуос. Абдеж дыдэм тхьэ щаIуэ я псалъэм емыпцIыжу хэкум хуэпэжыну. Яшхэри я щхьэхэри мазихкIэ зи унафэм щIэтыну дзэпщым IэщIалъхьэ, илъэс ныкъуэкIэ къалэжьыну улахуэри кърат, дзэзешэхэр къытрагуашэри зауэм даш.
Къэбэрдеишхуэм и къуэхэр иригъажьэрт. КъимыкIуэту лIыхъужьыгъэ зэрахьэну, къуентхъышхуэ яIэу къагъэзэжыну ехъуэхъухэрт. Къэнэщхъеящ щIалэфIхэр, фIыуэ ялъагъу я хэкум, Кавказым пэIэщIэ щыхъум. ШыкIэпшынэ макъыр щабэу къэIурт, мафIэгу шэрхъхэм я макъамэ гугъэкIуэдым зэшыгъуэу дежьууэ.
КIуэ пэтми хэкум нэхъ пэIэщIэ мэхъу щIалэфIхэр. Куэд щIат Кавказ къуршхэм я къуапэхэр гъатхэ пшагъуэм зэрыхэкIуэдэжрэ. Ауэрэ Уралыр къызэранэкIащ, абы адкIэжкIэ яшэ. Иджы гъуэгум Сыбыр тафэм зыщеубгъу.
КъуэкIыпIэмкIэ зауэм и мэр кърех. АпщIондэху мафIэгу тедзапIэхэм ислъэмейм и пшыналъэ нэжэгужэр къыщоIу. Щауэхэм псэ къахохьэжри, пщыхьэщхьэкIэрэ топсэлъыхь нэхъыжьхэм я гъусэу къапэщылъ лIыхъужьыгъэхэмрэ къуентхъ къаIэрыхьэнухэмрэ.
Мис ахэр Маньчжуриеми къэсакIэщ. Пщэдей щауэфIхэр япэ дыдэ зауэ IэнатIэм Iухьэнущ, я лIыгъэр къыщагъэлъагъуэу, я щIыхьыр Кавказ къуажэ псоми щаIуэтэжын хуэдэу.
Зэхэуэм и гуащIэгъуэщ. Фочышэмрэ топышэмрэ я уэ макъым Маньчжурием и Iуащхьэхэр зэщIищтащ. ЩауэфIхэр сытым дежи зауэ IэнатIэм Iутщ. Урысыдзэм хэт лIыхъужьхэм нэхърэ мынэхъ тIасхъэу мэзауэ.
ЗэрытекIуэнур наIуэу, ахэр гъуахъуэурэ бийм йобгъэрыкIуэри, я лъэужь щIым къытрамынэу зэтраукIэ.
Иухащ зэхэуэр, абыхэм я япэ зэуэгъуэр. Куэд хаукIыкIащ ди щIалэхэм, куэд ягъеижынущ жьыхуегъэзэкI хъуа адэ-анэхэм, щхьэгъусэ щIалэхэм. Къела щIалэфIхэм яукIа я ныбжьэгъухэм ялъ ящIэжыну мурад ящI. Зэуэну, бийм хурикъужыну пабгъэу хохьэ ахэр къыкIэлъыкIуэ зэхэуэм, къикIуэтыну замыгъэхьэзыру.
Мазитху хъуащ ахэр зауэм зэрыщыIэрэ. Куэд дэмыкIыу я къуажэхэм текIуэныгъэр я Iэпэгъуу ягъэзэжынухэщ, Кавказ къуршхэм къахуеблэгъэжынущ. Ауэ зэкIэ зауэм Iутщ.
Къэсащ къахуэмыгъэс зэуэгъуэ махуэри. Нэхъ гуащIэжу, нэхъ гущIэгъуншэжу мэзауэ щауэхэр, япэрейм елъытауэ. Удзым ещхьу, ирещIыкI лIэныгъэм зи псэугъуэ щIалэфIхэр. Зэбгрыжу псыкъелъэм хуэдэу зытрадзэну хунэмыс щIыкIэ, пщIы бжыгъэхэр яхеукIыкI бий емылыджым. Шым зытрагъащIэу, жьым хуэдэу псынщIэу яхэлъэдэну хунэмысу, щэIу закъуи зэхыуамыгъэхыу Мухьэмэд лъапIэм къызэригъэгугъа жэнэтым макIуэхэр. Къэнэщхъеящ, пшагъуэ къытрихьащ щауэфIхэм я нэгум.
Къэбэрдеишхуэр щIэгушхуэ лIыхъужьхэм я ныбжьэгъухэм, я къуэшхэм ялъ ящIэжыну Iэмал ямыгъуэтыныр пэж? Зи фэ гъуэжь бийр нэхъ къарууфIэу ара ди щауэ бжьыфIэхэм нэхърэ? Хьэуэ! Хьэуэ! ЛIыгъэкIэ абыхэм къапеуэфын щыIэкъым, къамэр я жырыIэм IэщIэлъу бгъэгукIэ бийм пэщIагъэувэмэ. Аращ ящIэнури.
Зы махуэ докIри, щауэфIхэм губгъуэм зраугуашэ. Псыкъелъэ уэрым ещхьу, бийхэм я топхэм яжьэхолъадэ къамэр дзэкIэ зыкъуз щIалэ къабзэхэр. Ауэ дакъикъэ къэс бийм пэщIэувэну хьэзырхэр гъущI бэджыхъым йозэрыхьри, зыкъэмынэ хокIуадэ, хьэкIэкхъуэкIэ мыгъасэм ещхьу зэтраукIэ.
МащIэщ къэзыгъэзэжар абыхэм ящыщу. КъэкIуэжхэри адрей щIалэхэм жраIэжащ Iуэхур зыIутыр. Сыт-тIэ иджы ящIэнур? Дэнэ щыIэ Кавказ тхьэIухудхэр къызэрагъэгугъа текIуэныгъэр?
Аргуэру нэхъыжьхэр зэхуашэсри, Хасэ ирагъэкIуэкI. Унафэ къащтэ псори я унэ екIуэлIэжу хэкIуэдахэм я лIыгъэр псэухэм хуаIуэтэжыну.
Уэркъ щауэ щIалэ КIэрэфхэ я къуэр пашэу хахри, дзэпщым деж яутIыпщ нэхъыжьхэм я унафэм щыгъуазэ ищIыну, къэнэжахэр Къэбэрдейм яутIыпщыжыну.
Дзэпщым е жиIар къыгурымыIуарэ, е къиутIыпщыжыну хуэмеярэ, е щIалэм къытралъхьа пцIы гуэр и фIэщ хъуа? Сытми, КIэрэфхэ я къуэр къызэщIэгъэстакIуэ-щIэпхъаджащIэу къалъытэщ, ягъэтIысри, укI тезыр тралъхьэну унафэ къащтащ.
Щэхущ, щэхубзэщ чын губгъуэр пщэдджыжьым. Ихъуреягъыр умэзэхащ. Iэуэлъауэ макъ къэIуркъым, дзэшхуэ зэрыщытым хуэдэу. Псоми заущэхуащ, я пIэ ижыхьахэщ. Утыку нэщIышхуэм напэр щытрах пкъо итщ и лъабжьэм мащэ фIыцIэ къыщытIауэ. Абдежым цей зэфIэтхъа щыгъыу КIэрэфхэ я къуэ бжьыфIэр кIэрытщ.
КIэрэфыр - Къэбэрдеишхуэр зэрыгушхуэ КIэрэфыр!
Къыхуеджащ зэрагъэкъуаншэм. ЗауэлI хабзэм ебакъуэу, щауэфIхэм я лъэIур дзэпщым зэрыжриIар. ПыгуфIыкIащ КIэрэфыр, зауэлI уставым и гугъу щащIым.
И нэр щапхэну къыбгъэдыхьахэти, яхуидакъым.
Бийм хуэфащэр зэрылъысыжынур ищIэу, захуагъэм къыкъуэгушхукI нэкIэ Iуплъащ ар лIэныгъэм и нэхэм.
КЛОД.
Зыгъэхьэзырар ЧЭРИМ Марианнэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1897.txt"
} |
Жылагъуэ кIэлъыплъакIуэхэр я хьэщIащ
Жылагъуэ кIэлъыплъыныгъэ егъэкIуэкIыным хыхьэу Тезырхэр егъэпшынынымкIэ федеральнэ къулыкъум и IуэхущIапIэу КъБР-м щыIэм тезырхэр щагъэзэкIуэж и колоние №1-м щыIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Жылагъуэ кIэлъыплъакIуэ комиссэм (ОНК)-м и лIыкIуэхэу Созаевэ Алкэ, Мамхэгъ Анжелэ, Караев Расул сымэ.
УИС-м цIыхум и хуитыныгъэхэр щыгъэзэщIэнымкIэ управленэм и унафэщIым и къуэдзэ Текаевэ Ритэрэ колонием и унафэщIым и къуэдзэ Дэрогуэ Альбертрэ ящIыгъуу, хьэщIэхэм зыщаплъыхьащ библиотекэм, психологие пэшым, гупхэм я псэупIэхэм. Гулъытэ хэха хуащIащ IуэхущIапIэм зыхуей щытыкIэхэр къыщызэгъэпэщыным, суд зытращIыхьахэу ныкъуэдыкъуэхэмрэ зи узыншагъэм сэкъат иIэ цIыхухэмрэ щаIыгъыным хуэщIауэ. Къыхэгъэщыпхъэщ, зи узыншагъэр зэтемыс цIыху иджыкIэ IуэхущIапIэм зэрыщамыIыгъыр, итIанэми, абы емылъытауэ, колонием зыхуэфащэ щытыкIэхэр къызэрыщызэгъэпэщар.
Iуэхум къыдэкIуэу, тезырыр щагъэзэкIуэж IэхущIапIэм и унафэщIхэм ирагъэблагъэри, ОНК-м и лIыкIуэхэр хэтащ ягъэтIысахэу тезырыр пшынынымкIэ хабзэр къызэпызыудахэм ехьэлIа материалхэм хэплъэным. Ар екIуэкIащ колонием и унафэщIым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Бат Анзор и унафэм щIэту.
УАРДЭ Жантинэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1898.txt"
} |
Уэрэдым дихьэххэри яхэтщ
Тезырхэр егъэпшынынымкIэ федеральнэ къулыкъум и IуэхущIапIэу КъБР-м щыIэм и колоние №4-м щаIыгъ цIыхубзхэм я деж щызэхэтащ илъэс къэс ирагъэкIуэкI «Си уэрэд» зэпеуэр.
Ар Iыхьитхуу гуэшат: фIыуэ илъагъу уэрэдыр, романсыр, цIыхубэ уэрэдыр и лъэпкъыбзэмкIэ, частушкэхэмрэ зауэ илъэсхэм я уэрэдхэмрэ гъэзэщIэн. Творческэ зэпеуэм цIыхубзхэр илъэс къэс нэхъри дехьэх, я гуапэуи хэтщ.
Зэхьэзэхуэм кърикIуахэмкIэ псоми ятекIуащ, тезырыр щабэу щрахьэкI гуп №1-м щаIыгъ цIыхубзыр.
Зэпеуэм хэта псоми иратащ «Макъамэм щызыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэм папщIэ» дипломхэр.
УАРДЭ Жантинэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1899.txt"
} |
ЗэIузэпэщ хъун папщIэ
Бахъсэн къалэ округым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Мамхэгъ Хьэчим иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ и къуэдзэхэмрэ IуэхущIапIэм и къудамэхэм я унафэщIхэмрэ зыхэта зимычэзу зэIущIэр.
Абы щытепсэлъыхьащ къыхах налогым, псэупIэ-коммунальнэ IэнатIэм, нэгъуэщIхэми епхауэ зыхэт гугъуехьхэм. Мамхэгъ Хьэчим къызэхуэсахэм пщэрылъ ящищIащ налогымкIэ щIыхуэ зытелъхэм я бжыгъэр зэхагъэкIыну, Бахъсэн къалэм и сату щIыпIэхэр къапщытэну. ЗэIущIэм щыжаIащ щIыр бэджэнду зэратым хэплъэжын, кадастр уасэм хэгъэхъуэн зэрыхуейр, апхуэдэуи цIыхухэм къагъэсэбэпа электрокъарур къызэрыхах Iэмалыр зэрырагъэфIэкIуапхъэр. Къалэ унафэщIхэр щхьэхуэу къытеувыIащ жьы хъуа унэхэр зэхъуэкIыным теухуауэ щыIэ программэм.
- Бахъсэн къалэм жьы хъуауэ дэт унэхэр къыщыпщытэн, чэзууэ абыхэм цIыхухэр къыщIэгъэIэпхъукIын хуейщ. Къалэдэсхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэныр ди къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщ зыщ, - жиIащ Мамхэгъым.
ЗэIущIэм хэтхэр зэдэарэзыщ къалэм и теплъэр егъэфIэкIуэн, ар щхъуантIагъэхэмкIэ гъэдэхэн, гъуэгухэр зэгъэпэщыжын зэрыхуеймкIэ.
Мамхэгъ Хьэчим къызэхуэсахэр къыхуриджащ федеральнэ программэхэм зэрыхъукIэ хыхьэну, къалэм и зыужьыныгъэм сэбэп хуэхъуну Iэмал псори къагъэсэбэпыну.
Балъкъыз Аминэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "19.txt"
} |
ГъащІэр матэщІэдзакъым
Хьэмыз зэщхьэгъусэхэр.
«ГъащІэр матэщІэдзакъым», жеІэ адыгэм. УзыщІэхъуэпсым, къыбдэхъуну узыхуейм унэсын щхьэкІэ, гугъу удехьыныр къэгъэнауэ, гурэ псэкІэ абы ухуэгъэзауэ щымытмэ, ужьыхыжыныр зыхуэІуа щыІэкъым. Дэтхэнэ зы цІыхури и хъуэпсапІэхэм лъэзыгъэІэс щапхъэ и пащхьэ къиту къыщІэкІынщ, абы нэсын щхьэкІэ и гуращэр зыгуэрым къызэщІигъэушэу. ЦІыхум гугъэшэс иригъэщІу иІэ и нэхъыжьыфІхэм я лъэужь ирикІуэныр абыхэм я гъащІэм къыпызыщэ Іуэхугъуэщ. Зи хъуэпсапІэхэр цІыхум и пщІэр къэІэтыным хуэгъэзауэ псэум, шэч хэлъкъым, ар къызэрехъулІэнум, гъуэгуи зэригъуэтынум.
Мы тхыгъэр зытеухуа щІалэр адыгэ унагъуэ къихъухьауэ, адыгагъэм щІапІыкІауэ цІыху гъэщІэгъуэнщ. ЩІыпІэ куэдым къыщацІыхуа щІалэм зигъэІуну аркъудей хущІэмыкъу пэтми, и ІуэхущІафэхэмрэ лэжьыгъэу иригъэкІуэкІымрэ ящІэххэр аращи, ар «Адыгэ псалъэ» газетым и щІэджыкІакІуэхэми къацІыхумэ тфІэигъуэщ, лъэпкъыр зэрыгушхуэ хъунухэм зэращыщри къащІэмэ тфІэзахуэщ. Ар Урысейм ЩІэныгъэхэмкІэ и академием геохимиемрэ щІэнхутэ химиемкІэ и институтым епха, сорбцие Іэмалхэм я лабораторэм и унафэщІ, химие щІэныгъэхэм я доктор Хьэмыз Русланщ.
Гугъущ анэкъилъхум теухуауэ зыгуэр жыпІэну, зыгуэри птхыну. Зы лъэныкъуэкІэ, адыгэхэм апхуэдэ хабзэ диІэ хуэдэкъым, къыбдалъхуам ифІ пІуатэу утыкум ущыпсэлъэну. КъемыкІууи аракъым, ауэ щытыкІэ гуитІщхьитІ уизыгъэувэ Іуэхущи, зэрыхъукІэ зыщадзей. Хьэмыз Руслан си анэ къилъхуауэ си дэлъхущ, къызэрыхэзгъэщащи, игъащІэми зыщедзей щытхъу псалъэм, зэрылъэкІкІи ар щызэхихыну щІыпІэхэм пэІэщІэ захуещІ. Руслан хэткъым икІи хыхьэркъым къэралми, щІэныгъэми, жылагъуэми я зэгухьэныгъэ зэмылІэужьыгъуэу щыІэхэм. Ерыщу къыІахыну зыхэт интервьюхэри итыркъым, цІэ лъапІэхэмрэ фІыщІэтынхэми лъыхъуэркъым. Ауэ, пэжщ, Руслан РАЕН-м и академикщ, и лэжьыгъэри и гъащІэри абы епхауэ ирехьэкІ.
Дэтхэнэ зы цІыхури зыхурикъужу апхуэдэщ, уеблэмэ, дунейми и инагъыр и инагъщ, икІэм нэс къыбгурыІуэни зэхэпщІыкІыни плъэкІынукъым. Руслан и дуней лъагъукІэр, и цІыху щІыкІэр апхуэдизкІэ бгъуэщ икІи куущи, здынэсыр къыпхуэубыдыркъым, зым и гугъу пщІымэ, нэгъуэщIыр пІэщІэкІыу апхуэдэщ. ИтІанэми, ар сэ зэрысцІыхум хуэдэу зыми ицІыхуркъым, жысІэу, тІэкІу мащІэу срищІыхьщІэкъуу сыщытщ.
Сыт ищІысми къежьапІэ иІэщ. Зыгуэрым утепсэлъыхьын ипэкIэ, дауи, къуэпсхэм уахуемыплъэкІыжыныр Іэмал зимыІэщ. Ди адэжьхэм зы зэман гуэр Мэшыкъуэ Іуащхьэ лъапэр я псэупІэу щытащ. Балъкъ псыхъуэ къэкІуэжын хуей щІэхъуар укъуэдияуэ сымытхми, нахуэщ - ТІуащІэшхуэм адыгэр егъэзыгъэкІэ къызэрырахуам и тхыдэм щыщ Іыхьэщ ар. Ди адэшхуэм куэдрэ жиІэжырт езым и адэшхуэр цІыкІуу я къуажэжьыр зэрызэтрагъэсхьауэ щытар и нэгу зэрыщІэкІар, зыгуэр зыхузэфІэкІыну къуажэм дэса цІыхухъухэр «урыс Іэщэм» щыщІагъэкІым, лІыжь-фызыжьхэр, цІыхубзхэр, сабийхэр щтапІэ ихьэжу БалъкъкІэ къызэрекІуэкІар…
Си анэм и адэшхуэр, Абыдэ ШумахуэкІэ зэджэр, и зэманым «уей-уей» жригъэІэу цІэрыІуэу, хыхьэхэкІ зиІэу щыта цІыхущ. Урыс узэщІакІуэ Ломоносов Михаил хуэдэу, щІалэ дыдэу хьэжыщІ кІуэ гупым яхыхьэри, Истамбыл нэс яхэту кІуащ. Абдеж абыхэм закъыщыкІэригъэхужри, Шумахуэ илъэсипщІым нэблагъэкІэ Истамбыл дэсащ, щІэныгъэ нэхъыщхьэ абдеж щызригъэгъуэтри, дыщэ щащэ тыкуэнышхуэм и Іуэхузехьэу лэжьэн иригъэжьащ.
КъызэринэкІа унагъуэр зригъэлъагъуну Къэбэрдейм къыщигъэзэжым, щхьэгъусэ хуэхъуну ди нанэм хуэзащ. Абы и дахагъым, и къабзагъым апхуэдизкІэ итхьэкъуати, Тыркум игъэзэжын мурадхэр иІэ пэтми, ар къишэри, щалъхуа къуажэм зытІэкІурэ щыпсэуащ. ЗэрыжаІэжымкІэ, зэрыунагъуэу Тыркум икІыжыну загъэхьэзырауэ Шумахуэ сабий сымаджэ гуэрым деж ираджащ. Узыфэхэм еІэзэу ІэщІагъэ иІэти, зыхуэкIуа сабийм пкърыт хуабэ узым къицІалэри, кІэщІу абы ихьыжащ. Ар и къэнэкІэу унагъуэри имыкІыжу къэнащ.
Шумахуэ еджагъэшхуэт. Бзэ зэмылІэужьыгъуиблым ирипсалъэрт, КъурІэн Іыхьлыти, абы и щэхухэми мыбзаджэу щыгъуазэт. Псалъэм къыдэкІуэу жысІэнщи, ди анэм и адэшхуэм хьэрыпыбзэкІэ тхауэ тхылъ куэд иІат. Арат къуажэм япэ дыдэу цІыкІухэр ирагъэджэну мыдрисэ къыщызэІузыхари, дыщэ щащэ тыкуэн япэ щызэзыгъэпэщари.
Нэмыцэхэр Къармэхьэблэ къыщыдыхьэм, нысащІэхэм языхэзыр бэкхъым щызэтелъ пхъэхэм я лъабжьэм хьэрыпыбзэкІэ тха тхылъ къомыр щыщІитІэгъат. Нэмыцэхэр дэкІыжу тхылъхэр къыщІахыжыну хэта щхьэкІэ, зыри ягъуэтыжакъым, псори дзыгъуэхэм зыхашхыхьат…
Ди адэшхуитІри цІыху къызэрыгуэкІтэкъым. Ди адэм и адэм Тхьэм къритауэ апхуэдизкІэ зэчий бгъэдэлъти, я нэхъ есэп гугъу дыдэхэр гукІэ зэхилъхьэрт, щхьэкІэ зэригъэзахуэрт. КъэІуэтэжакІуэ Іэзэти, зытепсэлъыхьым ухэт фІэкІа умыщІэу хъыбарыр ишэщІырт. ЩІэныгъэми пщІэшхуэ хуищІырт дадэ. И къуэхэр иригъаджэу щІэныгъэ нэхъыщхьэ яригъэгъуэтын щхьэкІэ, абы лъэкІ къигъэнакъым, хузэфІэкІыр ищІащ.
Ди анэм и адэри адыгэ интеллигенцэкІэ зэджэм и пажэхэм ящыщт. Ар колхоз тхьэмадэуи лэжьащ, Дзэлыкъуэ щІыналъэм ит сымаджэщым и унафэщІым и къуэдзэ ІэнатІэми пэрытащ. Нобэр къыздэсым акъыл жанрэ лІыгъэщІагъэкІэ абы тепсэлъыхьыжу, уи щхьэр лъагэу уэзыгъэлъагъуж хъыбархэр тражыІыкІыу апхуэдэщ. Жыжьэ пхрыплът, куэд къыгурыІуэрт. МащІэ дыдэт зыхузэфІэкІынур, псалъэм папщІэ, зауэ нэужь илъэс хьэлъэхэм быний иригъаджэу, щІэныгъэ нэхъыщхьэ яригъэгъуэтыну. Ди анэш адэшхуэм ар хузэфІэкІащ.
Ди адэри Къэбэрдейм есэпымрэ физикэмкІэ щІэныгъэ нэхъыщхьэ япэу щызэзыгъэгъуэтахэм ящыщщ. Ди анэми филологие щІэныгъэ нэхъыщхьэ иІэщ, илъэс щэ ныкъуэкІэ егъэджакІуэу курыт еджапІэм щылэжьащ. Дыкъэзылъхуахэм пщІэ яІэу, Іулыдж къыхуащІу щытащ. Псалъэм пщІэ хуащІырт, щІэныгъэм хьэкъ иратырт. Нобэ хуэдэу сощІэж, пщэдджыжь къэс ди адэм къыхуэсхьу щыта пощт хьэлъафІэр, къэрэндащ иІыгъыу газетхэмрэ журналхэмрэ щІиджыкІыу зэрыщытар.
«ЛІэужьыр бжьиблкІэ мауэ», жаІэ. Езгъэлейуэ къысщыхъуркъым, ди унагъуэкІэ пэжу жыІа хъуа псалъэущ мыр къызэрыслъытэр. Ди адэжьхэм я хъыбаррэ я ІуэхущІафэрэ щыгъуазэу къекІуэкІа щІэблэри абыхэм зэрадэплъеиным, я хъуэпсапІэхэри абыхэм зэрахуэфэщэным хущІэкъуащ. Руслани арати, зэрыцІыкІурэ гурыхуэу, куэд дыдэм дихьэхыу къэтэджащ. И гурыхуагъэм къыхуихьащ абы пасэ дыдэу еджэкІэ зэрызригъэщІар. Сыт хуэдэ Іуэхуми и зэхэшакІуэт, нэщІэпкІэт, гупыр зыгъэгупт, Іуэхур зэрыхъунум и кІуэрабгъур псынщІэу къэзыгъуэтт.
Сигу къокІыж зы Іуэхугъуэ. Япэ классым щІэтІысхьа Руслан егъэджакІуэм и упщІэм и жэуапыр щритыжым, тІэкІу теплъэкъукІыу щхьэгъубжэмкІэ дэплъауэ къыщІэкІынти, гупсэхуу къемыдаІуэу къыфІэщІри, дэкІщ, бгъэдыхьэщ абыи, и гупэр езым деж къигъэзэжри, и жэуапыр щІэрыщІэу зэкІэлъигъэкІуэжауэ щытащ. ФІы защІэу еджащ Руслан. «Ленин шырт» къызэреджэри, дэ ди зэманым апхуэдэцІэкIэ къоджэным нэхъыфІ къэблэжьыну зэрыщымытар гурыІуэгъуэщ.
Иджыри зы гукъэкІыж. Еянэ классыр къэдухыу экзаменхэм зыхуэдгъэхьэзырырт си классэгъу хъыджэбзрэ сэрэ. ТІэкІу дешауэ, зыдгъэпсэхунщ, жытІэри сыхьэт зытІукІэ дыкъэтауэ дыкъыщекІуэлІэжым, етхуанэ классым щІэс си дэлъхум билетхэм упщІэу къагъэувым я жэуапхэр ищІэрэ дыкъипщытэну хьэзыру дыкърихьэлІэжыгъат. ФІэщщІыгъуейщ, жызыІэни щыІэщ, ауэ, Тхьэм сыкъелъагъу, пэжым зы мэскъалкІи сытемыкІ.
Руслан псом хуэмыдэу дэзыхьэхар зэтэзэхуэ щІэныгъэрат (точные науки). Курыт еджапІэр къиухыху, есэпымкІэ, физикэмкІэ, биологиемкІэ, химиемкІэ зэпеуэ бжыгъэншэхэм хэтащ, сыт щыгъуи текІуэныгъэхэр къыщихьу щытащ. Псом хуэмыдэу ар дэзыхьэхыр химиерат. Дыщэ медалкІэ еджапІэр къиухри, илъэс пщыкІух фІэкІа иримыкъуауэ, и закъуэ Ломоносовым и цIэр зезыхьэу Москва дэт къэрал университетым щІэтІысхьэну кІуащ ар. Химиер фІы дыдэу ищІэрти, «тху» къихьмэ, медаль зэриІэм къыхэкІыу, занщІэу щІэхуэн хуейуэ арат зэрыщытыр. АрщхьэкІэ, химиемкІэ экзаменым «плІы» къихьри, есэпыр, физикэр, урысыбзэр кІэлъимытыжу хъуакъым. Руслан езыр сыт хуэдэ Іуэхуми ерыщу пэщІэт цІыхути, мо зызыхуимыгъэхьэзыра дерсхэр фІы дыдэу зэригъэпэщри, экзаменхэр итащ, университетым и химие къудамэми, абы тету, щІэхуащ.
Руслан къэхутэныгъэ гъуэгум теувэным и фІыщІэ хэлъщ дуней псом щыцІэрыІуэ щІэныгъэлІ, зэрыузэрыбг мыхъу изотопхэмкІэ (стабильные изотопы) лабораторэм и унафэщІ профессор Горшков Владимир. Аращ щІалэщІэр къыдеджэхэм къахэзыгъэщари, и гур щІэныгъэм хуэунэтІа хъунымкІэ къыдэлэжьари. Езы Руслани ноби ирогушхуэ Горшковым и еджапІэм къызэрыщІэкІам. Аспирантурэм щІэтІысхьа нэужь игъэхьэзыра кандидат лэжьыгъэри зэхьэлІауэ щытар а изотопхэрат.
Кандидат лэжьыгъэр пхигъэкІа нэужь, Руслан КъБКъУ-м зы илъэскIэ щылэжьащ. Абдеж зэрыщылэжьа мащІэм ягу фІыкІэ къыщІинэжын цІыху хэтыкІэрэ лэжьэкІэрэ щигъэлъэгъуащ абы. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и доцент Батыр Хъаджэт зэрыжиІэжымкІэ, Руслан зи ІэщІагъэм фІыуэ хэзыщІыкІ, щІэныгъэм фІыуэ пхыплъыф цІыхут. Ауэ абы и ІэщІагъэр и цІыхугъэрат зыгъэлъагэр. ЦІыкІуми инми яжриІэн къахуигъуэтырт, псоми зэхуэдэу яхущытт, гуапагъэр къебэкІыу, гулъытэ хэти хуищІыфу апхуэдэут и лэжьэгъухэми еджакІуэхэми зэрахэтыр. Руслан и гугъу хэт имыщІми, дапщэщи, згъэщІагъуэу, цІыхум ирих хьэщІагъэм топсэлъыхь. Сыт хуэдизу езыр гугъу емыхьми, щыпсэу унэкІэ нэсу къызэгъэпэщауэ щымытми, зэи зыми зыкъригъэщІакъым икІи зыкъыхигъэщакъым. ЦІыхум защІигъэкъуэну сыт щыгъуи хьэзырт.
Руслан нобэкІэ химие щІэныгъэм и зы унэтІыныгъэшхуэм, пыухыкІауэ жыпІэмэ, фермион пкъыгъуэхэр щызэхыхьэ-щызэхэкІхэм деж къыщыхъу сорбцие икІи ионзэхъуажэ Іуэхугъуэхэм (теория и практика сорбционных и ионообменных процессов концентрирования и разделения веществ) къэхутэныгъэхэр ещІылІэнымкІэ щІэныгъэлІ нэхъ ехьэжьахэм ящыщу къалъытэ. Пкъыгъуэ куэду зэхэт системэхэм щекІуэкІ ионзэхъуажэ Іуэхугъуэхэм я кинетикэмрэ динамикэмкІэ (кинетика и динамика ионообменных процессов в многофазных многокомпонентных системах) ирагъэкІуэкІ къэхутэныгъэхэми нэхъ жыджэру хэтхэм ящыщщ Руслан.
Ионзэхъуажэ Іуэхугъуэхэр щекІуэкІ растворхэм изотермиер зэребэкІым и мардэр (изотермическое пересыщение растворов в ионообменных процессах) япэ дыдэу къэзыхутэу тетхыхьыжахэми ящыщщ ар. А къэхутэныгъэр, псалъэм папщІэ, химие технологием зиужьыным хуэгъэзащ, дыкъэзыухъуреихь дунейм и къабзагъэм зэран хуэхъу Іуэхугъуэхэр къыхэмыкІыу пкъыгъуэ къабзэхэр къэгъэщІыным хуощхьэпэ.
Русланщ къыхэзылъхьар щІыуэпсым ягъэ емыкІыу хыпсым хэлъ минерал пкъыгъуэхэр зэхэзыху ІэмалыщІэхэр, ауэ щыхъукІи псы къабзэрэ минерал пкъыгъуэхэмрэ къыхэкІыу (создание безотходных экологически безопасных процессов комплексной переработки минерализованных природных (морских) вод с получением пресной воды и ценных минеральных компонентов).
Апхуэдэ къэхутэныгъэу Руслан илэжьыр куэдрэ къыпхуебжэкІынущ. Нэхъыщхьэр, ищхьэкІи зэ къызэрыхэзгъэщащи, а псор цІыхум и фІагъ зыхэлъым хуэунэтІащ, псэукІэр езыгъэфІакІуэ, дыкъэзыухъуреихь дунейр зыхъумэ къэхутэныгъэу щытщ.
Руслан щІэныгъэм и мызакъуэу, егъэджэныгъэми и гуащІэ хелъхьэ. Ар аспирант куэдым я унафэщІу щытащ, кандидат ныбжьыщІэхэри игъэхьэзыращ. ЩІэныгъэ лэжьыгъэу 170-рэ и Іэдакъэ къыщІэкІащ. Унейуэ къихутахэм я щыхьэтыгъэрэ патенту 35-рэ иІэщ, абы хэтщ Америкэм и Штат Зэгуэтхэм, европей къэралыгъуэхэм, Японием, Израилым я патентхэри. Мыри жыІапхъэщ, Руслан къэралыгъуэ куэдым, зи цІэ къитІуа хэгъэгухэри хэту, щІэныгъэхутэ лабораторэхэр щиІэщ, и къэхутэныгъэхэм хэлъ Іуэхугъуэ зэщымыщхэр къыщахутэу.
Руслан «Сорбцие икІи хромотограф Іуэхугъуэхэр» зи фІэщыгъэ щІэныгъэ журналым и редколлегием хэтщ, абы жыджэру хуэтхэхэм ящыщщ.
Иужьрей илъэсхэм Руслан лъэпкъ щэнхабзэмкІэ щІэх-щІэхыурэ къеплъэкІ, анэдэлъхубзэм и щэхухэм еплъакІуэ хъуащ. И лэжьыгъэ нэхъыщхьэм зыкъыдигъахуэурэ, абы Пушкин Александр и «Евгений Онегин» тхыгъэшхуэр адыгэбзэкІэ зэридзэкІащ. УсакІуэшхуэм и тхыгъэ зэридзэкІам и бзэм и къабзагъэмрэ псалъэ зэгъэпэщыкІэу къыхуигъуэтамрэ ар зылъэгъуа ІэщІагъэлІхэм гурыхь ящыхъуащ. Руслан и зэфІэкІыр къызэрыбгурыІуэнур къызыхэкІа лъэпкъым хуиІэ фІылъагъуныгъэрщ, и анэдэлъхубзэм хуищІ пщІэрщ. Абы хьэкъыу и фІэщ мэхъу анэдэлъхубзэм зыгуэру урипсалъэу хамэбзэм ухуэуэрсэр зэрымыхъунур, зы бзэм и дунейм нэгъуэщІыбзэм и дунейр нэхъ щІэщыгъуэу икІи щхъуэкІэплъыкІэу зэрыуигъэлъагъур.
Хэку зауэшхуэм траусыхьа урыс уэрэдхэм къыщежьащ Руслан и зэдзэкІыгъуэхэр. Абы игу къызэригъэкІыжымкІэ, езымрэ Москва дэс и ныбжьэгъухэмрэ и хэкуэгъухэмрэ я зэхуакум зэныкъуэкъу къихъуат. Адыгэбзэр нэхъ гуащІэ мащІэ хъууэ мыкІуэу пІэрэ, щІалэгъуалэм зэрахьэ адыгэ псалъэхэм я бжыгъэр хэщІурэ емыкІуэкІыу пІэрэ, жаІэу арат зэныкъуэкъур къызытехъеикІар. Ар пэжрэ мыпэжрэ къэзыгъэлъэгъуэфынур усэбзэкІэ тха текст, езым и дуней, и курых, и купщІэ зиІэж тхыгъэ, адыгэбзэм къызэриплъхьэрат. Арати, Руслани тегушхуащ.
«КъызэрызэхъулІар сщІэркъым, ауэ си гуапэ хъунущ си зэдзэкІыгъуэр къызытепщІыкІа тхыгъэм жыжьэу сыкъызэрыбгъэдэмыкІар къыхэщмэ, и адыгэбзэмкІэ а текстыр наІуэ хъумэ. Ирипсалъэми, урысыбзэкІэ мыгупсысэ ди нэхъыжьхэр, урысыбзэр ямыщІэу хамэщІ щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм мы уэрэдхэр дунейм зэрытетыр къащІэ къудей мыхъуу, я мыхьэнэр ялъэзгъэІэсыну, къагурызгъэІуэну сыхэтащ», - жеІэ Руслан.
Дунейр щызэхэзекІуэ Москва щыпсэу пэтми, абы щІы хъурейм и цІыхуу зелъытэж. Абы фІэІэфІщ сыт хуэдэ щІэри, сыт хуэдэ гъэщІэгъуэнри. Ауэ, дэнэ щІыпІэ мыкІуэми, сыт хуэдэ цІыху гуп яхэмыхьэми, иригушхуэу закъызэрыригъэцІыхур «черкес» цІэмкІэщ. А псалъэм си дэлъхум хуабжьу пщІэшхуэ хуещІ. Зэгуэрым, Руслан Нью-Йорк дэту щІэныгъэ-технологие комплекс гуэрым и пэш Іэхуитлъэхуитышхуэм щІыхьащ, абы щекІуэкІ гъэлъэгъуэныгъэхэм еплъыну. Зы плІанэпэ гуэрым деж зы щІалэ щытщ, физикэ Іэмэпсымэ гуэрым тепсэлъыхьу. Арати, игу къегъэкІыж езы Руслан, инджылызыбзэкІэ сыкъэпсалъэри, ар къэзыхутар си лъэпкъэгъущ, сэ схуэдэу черкесщ, и цІэр Къумахуэ Мурэдинщ, жысІащ, жеІэ. ЩІалэр, пыгуфІыкІщ, зыкъысхуигъазэри, «Къеблагъэ, си къуэш!» жиІат. Езы Къумахуэ Мухьэдинт ар. Мухьэдин дунейм ехыжыхункІэ, Русланрэ абырэ зэрыгъэныбжьэгъуащ, зэрылъытащ.
Си анэкъилъхум Іэмал иІэху щІалъхуа щІыналъэм къэмыкІуэжу щІагъуэ дихыртэкъым. Ди анэр зригъэлъагъуну, ди Іыхьлыхэм яхыхьэну къыхудэхуэ зэманыр арат зытригъэкІуадэр. Иджы, ди анэр тІэкІу лъэрымыхь зэрыхъурэ, зэкъуэшхэм яшэжауэ Москва щыІэщ, сэри щІэх-щІэхыурэ лъагъунлъагъу сызэрыкІуэным яужь ситщ. Унагъуэ дахэ иІэщ Руслан, зы хъыджэбзрэ щІалищрэ къыхуэхъуащ. И щхьэгъусэ Ольги цІыху хъарзынэщ. Срогушхуэ си дэлъхум, си напщІи телъщ.
«ЦІыхур цІыху щІыжщ», жаІэ. Си дэлъхур, сэр нэхърэ нэхъыщІэми, сыщІыдэплъеин куэд иIэщ. КъэзгъэщІам и кІуэцІкІэ цІыху Іущ куэдым сахуэзащ, жысІэфынущ си дэлъхур абыхэм зэращыщыр. Къыдалъхуахэр къэгъэнауэ, и лъэпкъэгъухэри иригушхуэн хуейуэ къызолъытэ Хьэмыз Руслан.
Кембридж университетым.
Русланрэ и шыпхъу Людмилэрэ.
1958 гъэ, гъатхэпэм и 5
И уней хадэм зыщегъэпсэху.
Руслан и къуэ Тимуррэ ипхъу Ирэрэ.
ЩIэныгъэлIхэм я дунейпсо зэIущIэу Китайм щекIуэкIым хэтщ.
ЩАУЭЦІЫКІУ Людмилэ, культурологием и кандидат.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1900.txt"
} |
Мэлыжьыхь дыдэт
Адыгэм ауи фIищакъым дызэрыт мазэм «мэлыжьыхь». ГъэтIылъыгъэхэр яухарэ гъавэщIэр иджыри къащыIэрымыхьа лъэхъэнэщ иджыпсту. Апхуэдэщ «Спартак-Налшык» футбол командэм и Iуэхур зытетри: премьер-лигэм щыхэта илъэсхэм зэтригъэхьа щIыхуэм нобэр къыздэсым зригъэужьыркъым. АдэкIэ къыпэплъэри гурыIуэгъуэкъым.
ЗэрагъэхъыбарымкIэ, мыгувэу Налшык и «Спартак» стадионыр къыпхуэмыцIыхужу зыхуей хуагъэзэнущ. Къэбэрдеймрэ Балъкъэрымрэ зэрызэгухьэжар етIанэгъэ илъэсищэ щрикъум ирихьэлIэу зэфIагъэкIыну IуэхугъуэфIхэм ящыщ зыщ ар. Абы хуэфэщэн топджэгу команди республикэм щызэфIагъэувэну я мурадщ, нэхъ мыхъуми Урысей Федерацэм и япэ дивизионым хэтыфын хуэдэу. ЗэкIэ…
Дэри тхуэдэу зи Iуэхухэр мыщIагъуэ Мейкъуапэ и «Дружба»-р хагъэщIауэ мыгъэрей зэхьэзэхуэм зэрыщIадзэжрэ блэкIа мазэрэ ныкъуэм къриубыдэу ди щIалэхэм иджыри зы текIуэныгъэ закъуэ къахуэхьауэ аращ. Абы щыгъуэми, турнир таблицэм къыщыкIэрыху дыдэхэм ящыщ зыуэ ихъуреягъкIэ зыкъезыгъэбыдэкIа есэнтIыгудэсхэм я гъуэм и бгъэдыхьэпIэр зригъэщIэну сыхьэтым щIигъукIэ «Спартак-Налшыкыр» хущIэкъуащ. Ди гъуащхьауэхэм ар щахузэфIэмыкIым, Iуэхум къыхыхьащ гъуащхьэхъумэхэри. Шумахуэ Заур лъэщу зэуа топым ерагъкIэщ зэрыпэлъэщар хьэщIэхэм я гъуащхьэтетыр.
Багъэтыр Альбертрэ ХъутIэ Анзоррэ джэгум къыхыхьа иужькIэ налшыкдэсхэм я тепщэныгъэр нэхъ иныж хъуащ. ЕсэнтIыгу къикIахэм иджы захъумэжыф къудейуэ арат. 80-нэ дакъикъэм ди щIалэхэм я ебгъэрыкIуэныгъэ къомым хъер къихьащ: гъуащхьэхъумэ зыбжанэ къыкIэрыщIауэ ХъутIэр хьэщIэхэм я гъуэм яфIэбгъэдыхьащ икIи зыкъыпэщIэзыдза гъуащхьэтетым къигъэлъеижа топым япэу нэсар Багъэтырырщ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ къызэпыуда хъуащ джэгугъуэ еплIанэ хъуауэ «Спартак-Налшыкыр» къызэрыхэмыжаныкIыфыр.
Абдежми къыщызэтеувыIакъым ди щIалэхэр. Ахэр адэкIи ерыщу ебгъэрыкIуэрт, бжыгъэр нэхъ иныж ящIын я мураду. Къапщтэмэ, Iэпщацэ Марат зэуа топым къригъэгъэгъэзэн папщIэ «ЕсэнтIыгум» и гъуащхьэтетым хуабжьу гугъу зригъэхьын хуей хъуащ.
87-нэ дакъикъэм «Спартак-Налшыкым» и капитан Пащты Руслан хьэщIэхэм я гъуэм пэмыжыжьэу ираудащ. Куэд щыгугъащ судьям метр пщыкIузым и деж игъэлъэгъуэну. АрщхьэкIэ езым зигъэджэлауэ абы къилъытэри, ди щIалэм дагъуэ къыхуищIащ. Ар мы зэIущIэм щыетIуанэти, Пащтым джэгупIэ губгъуэр ирагъэбгынащ.
«Спартак-Налшыкым» дэщIхэм, аргуэрыжьти, тхьэмахуэ дэкIри я гур хэщIащ. Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым щекIуэкI зэхьэзэхуэм епщыкIущанэ увыпIэм фIэкIа щызымыIыгъ Прогрессым и «Биолог-Новокубанск»-м ар къихигъэщIащ. Абы щыгъуэми я хьэрхуэрэгъухэр 73-нэ дакъикъэм къыщыщIэдзауэ зы цIыхукIэ нэхъ мащIэу щытащ, ди щIалэхэм ящыщ зым фэбжь зэрыридзам къыхэкIыу я гъуащхьэхъумэныкъуэ Чувиловыр джэгум къызэрыхахури. Щхьэ бжыгъэкIэ зэрынэхъыбам налшыкдэсхэм я фейдэ къыхахыфакъым икIи, Iуэхур ягъэзэкIуэжыну зэман кIыхь яIа пэтми, зы очко нэхъ мыхъуми къахуегъэлакъым.
Псом хуэмыдэу гухэщIт ди гъуащхьауэхэм уахэплъэну. Иужь джэгугъуитхум къриубыдэу абыхэм зы топ закъуэ я хьэрхуэрэгъухэм худагъэкIыфауэ арат. А Iуэхугъуэр къащехъулIари зэхьэзэхуэм кIэух дыдэ увыпIэхэм ящыщ зым щыщыт «ЕсэнтIыгур» къыщрагъэблэгъарат. Апхуэдэурэ екIуэкIмэ, зыхуагъэувыжа къалэн мащIэри - командэ нэхъыфIитхум яхэту зэпеуэр яухыну - зэрахуэмыгъэзэщIэнур нэрылъагъущ. Зэхьэзэхуэр и кIэм нэблэгъэху дэтхэнэ зы очком и уасэри нэхъ лъапIэж зэрыхъунуми шэч хэлъкъым.
«Спартак-Налшыкым» мыгъэрей зэпеуэр зэрынилъэфысыным хущIэкъуми, Краснодар крайм и командитIыр лIэн-къэнэну бжьыпэм иризоныкъуэкъу. Фызэрыщыгъуазэщи, япэ увыпIэр къэзыхьым и закъуэщ япэ дивизионым ягъэкIуэнур. Иужьу зэхэта джэгугъуэм «Кубань»-мрэ «Кубань-Холдинг»-мрэ я щытыкIэм зригъэхъуэжащ. Мэхэчкъалэ пашэу кIуа краснодардэсхэм бжыгъэр къызэIуахами, «Легион-Динамо»-м пэщIэтыфакъым. Ар хъарзынэу къагъэсэбэпащ я ныкъуэкъуэгъу нэхъыщхьэхэм: хуабжьу гугъу дехьами, ди лъахэгъу ДыщэкI Аслъэн зи пашэ «Кубань-Холдинг»-м къыхуеблэгъа ставрополдэсхэр хигъэщIащ икIи зэхьэзэхуэм бжыпэр щиубыдыжащ.
ЯфIэкIуэда очко бжыгъэр къэплъытэмэ, япэ ищахэм къазэрыкIэрыху щыIэкъым Новороссийск и «Черноморец»-ри. Къэнэжа джэгугъуэхэм къагъэлъэгъуэнущ хэт и насып нэхъ къикIынуми.
Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым 2020-2021 гъэхэм щекIуэкI зэхьэзэхуэм ипкъ иткIэ нэгъабэ Новороссийск щызэхэта зэIущIэм «Спартак-Налшыкым» хэгъэрейхэр 2:0-у щыхигъэщIат. Мэлыжьыхьым и 10-ми ди щIалэхэм ардыдэмкIэ дащыгугъ хъуну къыщIэкIынут. АрщхьэкIэ абы лъабжьэ быдэ иIэтэкъым: «Черноморец»-р иджыри мэныкъуакъуэ, зэхьэзэхуэм бжьыпэр щиубыду, япэ дивизионым кIуэну, налшыкдэсхэм зы къалэни илъэс зыбжанэ хъуауэ хуагъэувыркъым. Арати, гурыIуэгъуэт Новороссийск къикIахэр текIуэныгъэм нэхъ зэрыхуэныкъуэр икIи очкоищыр зыIэрагъэхьэн папщIэ ялъэкI къызэрамыгъэнэнур. Апхуэдэуи къэхъуащ.
Джэгур зэхаублэри, дакъикъэ зыбжанэ дэкIауэ арат «Черноморец»-р япэ щищам. Абы и гъуащхьауэ нэхъыфI Машэжь Ратмир иджыблагъэ зыхэта гупым и жагъуэ ищIащ, гъуащхьэхъумитIым я зэхуакум дэцIэфту бжыгъэр къыщызэIуихам. Ди лъахэгъур адэкIи зэIущIэм нэхъ щыжыджэрхэм ящыщащ икIи мызэ-мытIэу къыхэжаныкIыфынут. АрщхьэкIэ Ратмир хэмытуи хьэщIэхэм бжыгъэр ягъэбэгъуэфащ икIи, япэ къекIуэкIыгъуэм къызэрыхагъэщIам хуэдэ дыдэу, «Спартак-Налшыкым» ефIэкIыфащ.
ЗэIущIэм къащытекIуами, налшыкдэсхэр абы щыхуэмыхуауэ пхужыIэнутэкъым. Зэкъым икIи тIэукъым ди щIалэхэм я хьэрхуэрэгъухэм топ яхудэгъэкIыфыну щыщытар, арщхьэкIэ сыт щыгъуи я насып къикIакъым. Абы щыгъуэми къыхэгъэщыпхъэщ иужь джэгугъуихым къриубыдэу ахэр зэ закъуэ фIэкIа къызэрыхэмыжаныкIыфар. А зэращ щытекIуэфари. КъыппэщIэтхэм топ яхудумыгъэкIыфмэ, дауи, уапэлъэщынукъым – зи гугъу тщIы лъэхъэнэм плIэнейрэ къыщыхагъэщIащ. Ар хуабжьу ухэзыгъаплъэщ.
«Спартак-Налшыкым» ди гур щыхигъэщIыр нэхъыбэрэми, абы зэгуэр щыджэгуахэр нэгъуэщI щIыпIэхэм къызэрыщыхэжаныкIым дрипIейтейуэ дыкIэлъыплъащ. Къапщтэмэ, зэхьэзэхуэм щыпашэ «Кубань-Холдинг»-м бжьыпэр ихъумэнымкIэ хуабжьу сэбэп хуэхъуащ ДыщэкI Аслъэн Мэхъэчкъалэ щыIэу бжыгъэр къызэрызэIуихар. Павловскэдэсхэм зымащIэ дыдэкIэ фIэкIа къакIэрымыху Краснодар и «Кубань»-м текIуэныгъэр къригъэхьащ абы и капитан Мамты Хьэсэн дигъэкIа топ закъуэм. Аращи, дызыкIэлъыплъынрэ дызэрыгушхуэнрэ иджыри диIэщ.
Куэд щIакъым «Спартак-Налшыкымрэ» Мэхъэчкъалэ и «Анжи»-мрэ зэгъусэу Урысей Федерацэм футболымкIэ и премьер-лигэм зэрыщыджэгурэ. Уеблэмэ ди лъахэгъу Красножан Юрэ гъуэрыгъуэурэ тIуми я тренер нэхъыщхьэу щытащ. А лъэхъэнэм абыхэм Кавказыр къэралпсо утыкум щагъэбжьыфIащ икIи зэныбжьэгъугъэ быдэ я зэхуаку къыдэхъуащ. Нобэми а щытыкIэфIым тетщ. Абы и щыхьэтщ иджы къыщыхута етIуанэ дивизионым и Япэ гупым 2020-2021 гъэхэм щызэдрагъэкIуэкIа зэIущIитIри. Нэгъабэ и жэпуэгъуэми иджы мэлыжьыхьым и 20-м щызэдэджэгуами Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Дагъыстэнымрэ я командэ нэхъыщхьэхэм хэтхэм япэ ирагъэщар зым адрейм пщIэ зэрыхуищIырщ, текIуэныгъэм ерыщу дэтхэнэри хущIэкъуа пэтми.
«Анжи»-мрэ «Спартак-Налшыкымрэ» я зэIущIэмкIэ къызэIуахащ 25-нэ джэгугъуэр. Япэ къекIуэкIыгъуэми хуэдэу, ар зэрытемыгъэкIуауэ, 1:1-уэ иухащ.
Хэгъэрейхэм зэрахабзэу, мэхъэчкъалэдэсхэм я ебгъэрыкIуэныгъэ лъэщхэмкIэ зэIущIэр ирагъэжьащ. Абы хуэхьэзырт ди щIалэхэр икIи, ахэр Iэзэу къызэтрагъэувыIэри, мыгувэу езыхэм тепщэныгъэр яубыдащ. «Спартак-Налшыкым» хъарзынэу къигъэсэбэпырт и псынщIагъымрэ IэкIуэлъакIуагъымрэ. 42-нэ дакъикъэм ар наIуэ дыдэ хъуащ. Налшыкдэсхэм я ебгъэрыкIуэныгъэхэм ящыщ зыр «Анжи»-м и футболистхэм я штрафнойм пэмыжыжьэу хабзэм къемызэгъыу къызэпаудащ. Судьям кърита Iэмалыр къигъэсэбэпри, Пащты Руслан топыр Iэзэу къыхитащ икIи псом япэу абы нэса Ольмезов Артур щхьэкIэ бжыгъэр къызэIуихащ.
Апхуэдэ щытыкIэм къигъэуIэбжьа хэгъэрейхэм зрачащ Iуэхур ягъэзэкIуэжыну икIи ар къайхъулIэным зымащIэщ иIэжар. Ди насыпти, «Спартак-Налшыкым» и гуащхьэтетхэм яIэщIэкIакъым.
Загъэпсэхуу къихьэжа иужькIи, «Анжи»-р нэхъыбэрэ ебгъэрыкIуащ. АрщхьэкIэ налшыкдэсхэми Iэмал гъуэзэджэ зыбжанэ яIащ бжыгъэр ягъэбэгъуэну. Псом хуэмыдэу абы пэгъунэгъуащ Iэпщацэ Марат. Метр пщыкIущ хуэдизкIэ фIэкIа пэмыжыжьэу ар зэуа топым ерагъкIэщ зэрыпэлъэщар хэгъэрейхэм я гъуащхьэтет Магомедов Тимур.
Мэхъэчкъалэдэсхэр хуабжьу хуейтэкъым я стадионым къыщыхагъэщIэну. ЗэIущIэм и кIэух дакъикъэ зыбгъупщIым абыхэм я къару псори ирахьэлIащ бжыгъэр зэхуэдэ ящIыжыну. Япэ къекIуэкIыгъуэми къызэрыщыхъуам ещхьу, «Анжи»-м ар хузэфIэкIащ. Арати, аргуэрыжьу, джэгур 1:1-уэ иухащ, зэныбжьэгъугъэр текIуауэ.
«Спартак-Налшыкыр» хэмыту мэлыжьыхьым и 15-м щыIа джэгугъуэм ипкъ иткIэ Павловскэм щызэIущIат бжьыпэм ерыщу щIэбэн щIыпIэ «Кубань-Холдинг»-мрэ Краснодар къикIа «Кубань»-мрэ. Абы зыкъомкIэ зэхигъэкIыфынут пашэныгъэр зыубыду япэ дивизионым кIуэнур хэтми. АрщхьэкIэ ахэр зэрытегъэкIуакъым икIи Iуэхур зэрыщыту къэнэжащ. «Кубань»-м и капитан Мамты Хьэсэн бжыгъэр къызэIуихами, хьэщIэхэм ар яхуэхъумакъым.
Абы иужькIэ «Анжи»-мрэ «Спартак-Налшыкымрэ» я гъусэу 25-нэ джэгугъуэр къызэIуахащ «Кубань»-мрэ «ЕсэнтIыгумрэ». 4:0-у текIуэри краснодардэсхэм бжьыпэр яубыдащ. Хэгъэрейхэм я япэ топищыр дэзыгъэкIар Мамтымрэ (тIу) Абдокъуэмрэщ. АрщхьэкIэ къыкIэлъыкIуэ махуэм «Кубань-Холдинг»-м пашэныгъэр зыIэригъэхьэжащ Черкесск къалэм «Интер»-р щыхигъащIэри.
Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым 2020-2021 гъэхэм я зэхьэзэхуэр иухыным мазэ иIэжу аращ. Иджыпстуи пхужыIэнущ «Спартак-Налшыкым» ар зэрыхуэмыугъурлар, иужь илъэс зыбгъупщIым щыIа адрейхэми хуэдэу. ЦIыхухэри стадионым къахуекIуэлIэжыркъым, плъыжь зыщыгъхэр (ди командэм и фащэм и теплъэр), студентхэр, сабийхэр пщIэншэу ирагъэхьэ пэтми.
Жыласэ Заурбэч.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1901.txt"
} |
Илъэс етIуанэ хъуауэ бжьыпэр еубыд
Налшык щекIуэкIащ «МафIэсгъэункIыфI ныбжьыщIэхэм я дружинэ нэхъыфI» зэпеуэ. Абы хэтащ республикэм и щыхьэрым и школхэм я гуп 18.
Ар къызэрагъэпэщащ Къэбэрдей-Балъкъэр мафIэс-къегъэлакIуэ IуэхущIапIэм профилактикэмкIэ и Налшык къудамэм, ВДПО-м и Къэбэрдей-Балъкъэр республикэ къудамэм и Налшык къалэ IэнатIэмрэ республикэм и щыхьэрым Граждан зыхъумэжыныгъэмкIэ, къызэрымыкIуэ щытыкIэхэмрэ мафIэс шынагъуэншагъэмрэ я IуэхухэмкIэ и центрымрэ.
ЗэпеуэмкIэ я мурадыр мафIэсым зыщыхъумэным хащIыкIыным егъэджакIуэхэри сабийхэри къыхэшэнырщ, мафIэс-къегъэлакIуэ лIыхъужь IэщIагъэм зегъэубгъунырщ.
Дэтхэнэ командэми хыхьэрт МафIэсгъэункIыфI ныбжьыщIэхэм я дружинэм хэтхэм ящыщу 9 (щIалэ цIыкIухэу 5, хъыджэбз цIыкIухэу 4), Налшык къалэм 9 - 11-нэ классхэм щеджэхэу. Дэтхэнэ спорт дисциплинэми мафIэсгъэункIыфI ныбжьыщIэхэм я школ дружинэм и щIыхьыр щахъумащ зы щIалэрэ хъыджэбзрэ.
Теориеми, еплъыныгъэ-зэпеуэм и практикэ Iыхьэми гъэщIэгъуэну зыкъыщагъэлъэгъуащ школакIуэхэм. МахуитIкIэ екIуэкIа зэпеуэм къыщыхахащ гуп зэхьэзэхуэм щытекIуахэмрэ къыхэжаныкIахэмрэ, апхуэдэуи дисциплинэ хэхахэм нэхъыфIу зыкъыщызыгъэлъэгъуа щIалэхэмрэ пщащэхэмрэ.
ПкIэлъейкIэ етIуанэ къатым и щхьэгъубжэм нэс дэкIуеиным щытекIуахэщ ЩоджэнцIыкIу Нурий и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэ №31-м и 11-нэ «А» классым щIэс Шыгъушэ Азамэтрэ курыт еджапIэ №28-м 10-нэ «А» классым щеджэ КIыщ Лянэрэ.
МафIэсгъэункIыфым и фащэр нэхъ псынщIэу зыщатIэгъащ курыт еджапIэ №9-м и 10-нэ «В» классым щеджэ Бэлагъы Эмиррэ курыт еджапIэ №11-м и школакIуэ (11-нэ класс) Щауэ Каринэрэ.
Курыт еджапIэ №5-м и 10-нэ классым щеджэ Бичекуев Хъусейнрэ курыт еджапIэ №11-м и еджакIуэ (10-нэ «А» класс) Махуэ Азизэрэ Iэмэпсымэхэр лэжьыгъэм хуагъэхьэзырынымкIэ бжьыпэр яубыдащ.
Зэхьэзэхуэм кърикIуахэмкIэ псоми ятекIуащ курыт еджапIэ №11-м и «Трошев» гупыр. «Авангард» командэм («курыт еджапIэ №5) и мафIэсгъэункIыфI ныбжьыщIэхэм етIуанэ увыпIэр къахьащ. Ещанэ хъуащ курыт еджапIэ №9-м и «Лидер» гупыр. Къыхэдгъэщынщи, илъэс ипэкIэ, 11-нэ школым и мафIэсгъэункIыфIхэм япэ, «Авангард» гупым етIуанэ увыпIэхэр къахьауэ щытащ.
ПрофилактикэмкIэ къудамэм и унафэщIым и къуэдзэ Мыщхъуэжь Марьянэ зэрыжиIащи, гуп псоми Iуэхум хъарзынэу зэрыщыгъуазэр къагъэлъэгъуащ, апхуэдэуи мафIэсым къегъэлынымрэ гъащIэ шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщынымрэ зэрыхащIыкIыр.
- МафIэсгъэункIыфI ныбжьыщIэ дружинэхэм яхэткъым къапэщылъ къалэнхэм пэмылъэща, зэхьэзэхуэм и сыт хуэдэ лъэныкъуэкIи, - къыхигъэщащ абы.
Бжьыпэр зыубыда командэм, етIуанэ-ещанэ увыпIэхэр къэзыхьахэм иратащ КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэмрэ я IуэхухэмкIэ министерствэмрэ Урысейпсо мафIэсгъэункIыфI ныбжьыщIэ дружинэм и Къэбэрдей-Балъкъэр республикэ къудамэм и Налшык къалэ IэнатIэмрэ къыбгъэдэкI щIыхь тхылъхэр, кубокхэмрэ медалхэмрэ.
МафIэсгъэункIыфI ныбжьыщIэхэу спорт дисциплинэхэм нэхъыфIу зыкъыщызыгъэлъэгъуахэми щIыхь тхылъхэр иратащ.
КъызэгъэпэщакIуэхэм фIыщIэ хуащI Iуэхур егъэкIуэкIынымкIэ дэIэпыкъуэгъу къахуэхъуахэу КъБР-м и мафIэс-къегъэлакIуэ гупым и тренер нэхъыщхьэ, Урысейм спортымкIэ и мастер Мысыр Ибрэхьим, Урысейм къегъэлакIуэ спортымкIэ и мастер Мысыр Тимур, КъБР-м щыIэ Урысей МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэм и мафIэс-къегъэлакIуэ часть №2-м и япэ гупым и унафэщI Къущхьэ Мухьэмэд сымэ.
СЭБАН Арсен, Къэбэрдей-Балъкъэрым мафIэсым пэщIэт-къегъэлакIуэ и IэнатIэм и пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1902.txt"
} |
Я лэжьыгъэм ироплъэж, къалэныщIэхэр яубзыху
КъБР-м щыIэ МВД-м и ГИБДД-м и управленэм щызэхэтащ 2021 гъэм и япэ мазищым я лэжьыгъэм кърикIуахэм щытепсэлъыхьа, адэкIэ къапэщыт къалэныщIэхэр щаубзыхуа зэIущIэ.
Абы хэтащ къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэм и къуэдзэ - полицэм и унафэщI, полицэм и полковник Мамхэгъ Назир, жылагъуэ хабзэр къызэгъэпэщынымкIэ полицэм и унафэщIым и къуэдзэ КIэрэф Роберт, республикэ МВД-м и ГИБДД-м и управленэм и унафэщI Яльмеев Роберт, УГИБДД-м, Къэрал автоинспекцэм и район IэнатIэхэм я къулыкъущIэхэр.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэр процент 20,5-кIэ, щыхэкIуадэхэмрэ фэбжь хэзыххэмрэ процент 27-кIэ нэхъ мащIэ щыхъуащ. Процент 60-кIэ ехащ чэфу рулым дэсхэм я зэранкIэ къэхъухэр, апхуэдэ автоавариехэм фэбжь щызыгъуэтхэр процент 75-м щхьэдэхыу нэхъ мащIэ хъуащ, шофёр чэфхэм я зэранкIэ къэхъуахэм зы цIыхуи хэкIуэдакъым.
Къыхагъэщащ гъуэгум и къыхуэкIуэ лъэныкъуэмкIэ техьэным, лъэс зэпрыкIыпIэхэм ехьэлIа хабзэхэр къызэпамыудыным, псом хуэмыдэу сабийхэм я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным гулъытэ хэха зэрыхуэщIыпхъэр.
Мамхэгъ Назир ГИБДД-м и щIыналъэ къудмахэм я унафэщIхэм гу лъаригъэтащ уэрамхэмрэ гъуэгухэмрэ шынагъуэншагъэр щегъэфIэкIуэнымкIэ лэжьыгъэр щIэгъэхуэбжьэным я лъэныкъуэкIэ гъэзэщIакIуэ властым и органхэм ядэлэжьэныр къызэгъэпэщыным.
КIэрэф Роберт унафэщIхэр яхуиунэтIащ жылагъуэ хабзэр къызэгъэпэщыным, щIэпхъаджагъэхэр къыщIэгъэщыным икIи къызэпыудыным, абы хабзэм къемызэгъыу хуит ямыщI хьэпшыпхэр ягъэIэпхъуэнри хыхьэу, теухуа я къалэнхэр ягъэзэщIэным.
Яльмеев Роберт ягу къигъэкIыжащ псоми я зэхуэдэ гъуэгу-транспорт дисциплинэр егъэфIэкIуэнымкIэ, гъуэгум щызекIуэхэр хабзэм тетыным хуэущиинымкIэ, гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэмрэ абыхэм кърикIуэхэмрэ, псом хуэмыдэу гъуэгурыкIуэхэу сабийхэмрэ лъэсрыкIуэхэмрэ щыхъумэнымкIэ Iэмалхэр зэгъэтылъэкI имыIэу къэщтэн, апхуэдэуи лей зытехьахэм ядэIэпыкъуным зегъэужьын зэрыхуейр.
«Шынагъуэншэ икIи зэпэщ автомобиль гъуэгухэр» лъэпкъ проектымрэ «Гъуэгум шынагъуэншэу щызекIуэн» абы и къуэдзэ нэхъыщхьэ федеральнэ проектымрэ пхыгъэкIыным тригъащIэу, Яльмеев Роберт къигъэуващ гъуэгу инфраструктурэр егъэфIэкIуэным, гъуэгум щыхэкIуадэхэр гъэмэщIэным теухуа я Iуэху еплъыкIэхэр къыхалъхьэну.
ЗэIущIэм къыщащтащ гъуэгу шынагъуэншагъэр егъэфIэкIуэным ехьэлIа программэ бгъэдыхьэкIэмрэ IуэхущIапIэхэм я зэдэлэжьэныгъэмрэ теухуа унафэ. Апхуэдэуи Къэрал автоинспекцэм и IэнатIэхэм хуагъэлъэгъуащ гъуэгум къыщыхъу авариехэм я лъэужьхэм кърикIуэу къэралымрэ жылагъуэмрэ ягъуэт хэщIыныгъэр гъэмэщIэнымкIэ зэгъэуIуа лэжьыгъэм пащэну.
Мамхэгъ Назир Къэрал автоинспекцэм и къудамэхэм я унафэщIхэм яхуигъэуващ аварие къэмыгъэхъуныр егъэфIэкIуэным ехьэлIа къалэн хэхахэр икIи яжриIащ ахэр гъэзэщIэнымкIэ жэуап зэрахьыр.
УЭРДОКЪУЭ Женя.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1903.txt"
} |
Дунейм щыхъыбархэр
Накъыгъэ мазэм и пэщIэдзэм хиубыдэ махуэшхуэхэм я саулыкъукIэ цIыхухэм махуипщIкIэ зэкIэлъыкIуэу загъэпсэхунущ. Апхуэдэ Унафэм Iэ щIидзащ УФ-м и Президент Путин Владимир.
2021 гъэм накъыгъэм и 1 - 3-хэмрэ (Гъатхэмрэ Лэжьыгъэмрэ я махуэр) накъыгъэм и 8 - 10-хэмрэт (ТекIуэныгъэ Иным и махуэр) зыгъэпсэхугъуэу яубзыхуауэ щытар, ауэ къэралым коронавирусым земыгъэубгъуным хуэгъэзауэ щызэфIагъэкI лэжьыгъэхэр нэхъри щIагъэбыдэн мурадкIэ мыпхуэдэ Iуэху къыхалъхьащ. Ар зи жэрдэмыр «Роспотребнадзор»-м и унафэщI Поповэ Аннэщ. Накъыгъэм и 1-м къыщыщIэдзауэ и 10-ри къыхиубыдэу мылэжьэгъуэ махуэхэу гъэувыным теухуауэ абы зыхуигъэзащ къэралым и Президентым.
НэхъапэIуэкIэ Поповэр ечэнджэщащ УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Голиковэ Татьянэрэ и лэжьэгъухэмрэ, щIэныгъэлIхэмрэ дохутырхэмрэ. Поповэм зэрыжиIамкIэ, апхуэдиз махуэкIэ зэкIэлъыкIуэу цIыхухэр дэгъэсыным Iэмал къитынущ эпидемиологие щытыкIэр егъэфIэкIуэнымкIэ, цIыхухэм я узыншагъэр гъэбыдэнынымкIэ. Путин Владимир абы арэзы дэхъуащ икIи цIыхухэр къыхуриджащ дохутырхэм, щIэныгъэлIхэм я чэнджэщхэм едэIуэну, узыфэм зэрызыщахъумэным яужь итыну.
«2021 гъэм накъыгъэм и 4 - 7 махуэхэр мылэжьэгъуэу гъэувын, цIыхухэм я улахуэхэри яхуэхъумауэ», - щыжеIэ Указым. Властым и органхэмрэ IуэхущIапIэхэмрэ я унафэщIхэмрэ а Указ дыдэмкIэ яхуигъэуващ а махуэхэм я IэнатIэхэм пэрымытыну мыхъунухэр яубзыхуну, абыхэм я лэжьыгъэр зэтрахуэну.
Нобэ
♦Лэжьыгъэр хъумэным и дунейпсо махуэщ. ООН-м къызэрыхилъхьам ипкъ иткIэ 2003 гъэ лъандэрэ ягъэлъапIэ.
♦Химие шынагъуэншагъэм и махуэщ
♦УФ-м и медицинэ дэIэпыкъуэгъу псынщIэм и лэжьакIуэхэм я махуэщ
♦1563 гъэм Москва лэжьэн щыщIидзащ япэ типографием, Фёдоров Иванрэ Мстиславец Пётррэ ящIам. Ахэращ тезыдзар япэ тхылъыр.
♦1914 гъэм США-м щатащ пэш кIуэцIым зыхуей хуабагъ-щIыIагъ езыгъэIыгъ кондиционер къызэрагупсысам щыхьэт техъуэ тхылъ.
♦1908 гъэм эсперанто бзэм и дунейпсо зэгухьэныгъэр къызэрагъэпэщащ.
♦1920 гъэм Азербайджан ССР-р къызэрагъэпэщащ.
♦1925 гъэм РСФСР-м и ЦIыхубэ комиссархэм я советым къыдигъэкIащ «Къалэдэсым и цIэ-унэцIэр, и адэцIэр зэрыт и тхылъым ар щыпсэу щIыпIэри къыщыгъэлъэгъуэным теухуауэ» унафэр.
♦1945 гъэм Дзэ Плъыжьым и дзэхэм Рейхстагым ебгъэрыкIуэн щIадзащ.
♦1955 гъэм Ленинград къыщызэрагъэпэщащ офицерхэр щрагъаджэ, Суворовым и цIэр зезыхьэ еджапIэр.
♦1967 гъэм американ боксёр Клей Кассиус (Али Мухаммед) зэпеуэхэм хэтыну хуимыту унафэ къащтащ, абы США-м и дзэм къулыкъу щищIэн зэримыдэм къыхэкIыу.
♦1990 гъэм иужьрей дыдэу Совет Союзым и маршал цIэр ятащ икIи хуагъэфэщат Язов Дмитрий, а лъэхъэнэм ирихьэлIэу СССР-м зыхъумэжынымкIэ и министру щытам. Ар яхэтащ ГКЧП-р 1991 гъэм къызэзыгъэпэщахэм.
♦2001 гъэм космонавтхэм ящIыгъуу япэ дыдэу хьэршым кIуащ турист. «Союз ТМ-32» кхъухьым ису абы щыгъуэ лъэтащ космонавтхэу Батурин Юрий, Мусабаев Талгат, США-м щыщ мелуанырыбжэ Тито Деннис сымэ. Ахэр дунейпсо хьэрш станцым махуихкIэ щыIащ, касмонавтхэм щIэныгъэ къэхутэныгъэхэр ирагъэкIуэкIыу, Деннис илъагъухэм сурэт, видео трихыу, и гъусэхэм «яхуэпщафIэу».
♦1874 гъэм къалъхуащ Хэку зауэшхуэм быни 9, зы нысэ, къуэрылъху-пхъурылъхуу 3 зыгъэкIуа шапсыгъ анэ Щхьэлахъуэ Чэбэхъан. Абыхэм ящыщу къэзыгъэзэжа имылъагъуу дунейм ехыжащ ар.
♦1902 гъэм къалъхуащ шэрджэс тхакIуэ ДыщэкI Мухьэмэд.
♦1924 гъэм къалъхуащ Литвам щыщ совет актёр, режиссёр, СССР-м и цIыхубэ артист Банионис Донатас.
♦1937 гъэм къалъхуащ Иракым и президенту илъэс 24-кIэ щыта Хъусен Саддам.
♦1974 гъэм къалъхуащ Испанием и актрисэ цIэрыIуэ, а къэралым щыщу «Оскар» саугъэтыр япэу зыхуагъэфэща Крус Пенелопэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 18 - 19, жэщым градуси 10 - 11 щыхъунущ.
Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1904.txt"
} |
Регби иным Налшык къегъэзэж
Мэлыжьыхьым и 24 - 25-хэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм регбимкIэ зэхьэзэхуэ ин щызэхэтащ. Налшык и «Спартак» стадионым щекIуэкIащ «Лига Ставок - Регби-7-мкIэ федеральнэ лигэм» я кIэух урысейпсо зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ цIыхухъу командэу 7.
Илъэси 121-рэ дэкIа иужькIэ регбимкIэ зэхьэзэхуэхэр аргуэру Олимп Джэгухэм я программэм хагъэхьащ икIи дызыхуэкIуэ гъэмахуэм Токио щыIэну зэпеуэ гуащIэхэм ар лъэ быдэкIэ зэрыхэувэнум шэч хэлъкъым. Абы и щыхьэтщ тхьэмахуэ блэкIам Налшык щекIуэкIа урысейпсо зэпэщIэтыныгъэм еплъыну «Спартак» стадионым цIыхуищэхэр къызэрекIуэлIар. Ди къалащхьэм къеблэгъахэм яхэтт Ищхъэрэ флотым, Курск областым, Кърымым я командэ къыхэхахэр, Таганрог и СШОР-13-р, Санкт-Петербург и «Приморец»-р, Владимир и «Торпедо»-р. Ахэр гупитIу ягуэшри, зэпеуэм ирагъэжьащ.
Щэбэтым зэхаубла зэхьэзэхуэм и пэщIэдзэм Налшык и «Нартым» япэу хьэрхуэрэгъу къыщыхуэхъуащ Мурманск зи хэщIапIэ Ищхъэрэ флотым и командэ къыхэхар. Ди щIалэхэм абыхэм щхьэкъэIэтыпIэ иратакъым икIи 31:5-уэ хылIхэр хагъэщIащ.
АдэкIэ къыкIэлъыкIуар нэхъ гуащIэт. Курск областым и командэ къыхэхар Iэзэт, лъэщт икIи псынщIэт. Налшык и «Нартым» ар 24:12-у къефIэкIащ.
КъызэрыхагъэщIам къызэщIигъэплъа ди щIалэхэм а махуэм и ещанэ джэгугъуэм ерыщагъ ин къыщагъэлъэгъуащ. Владимир и «Торпедо»-м 36:0-у зэрытекIуам наIуэ къыпщещI джэгупIэ губгъуэм щекIуэкIар.
Арати, гуп зэпеуэр абдежым щиухащ. Джэгугъуищым тIэунейрэ зэрыщытекIуам и фIыгъэкIэ «Нартыр» финал ныкъуэм кIуащ, бжьыпэр зыубыда Курск областым и регбистхэм ядэщIыгъуу.
Тхьэмахуэм зэхэта зэхьэзэхуэм и етIуанэ Iыхьэр ди щIалэхэм яхуэугъурлакъым. Таганрог и СШОР-13-м 15:7-уэ къыхагъащIэри, абыхэм финалым хуэзышэ гъуэгур къыхузэхуащIащ. Ещанэ увыпIэм папщIэ къыкIэлъыкIуэу зэныкъуэкъуа Кърымым и командэ къыхэхари зымащIэкIэ къефIэкIащ - 12:17-у фIахьауэ зэбгъэдэкIыжащ.
Мэлыжьыхьым и 24 - 25-хэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм регбимкIэ щызэхэта «Лига Ставок - Регби-7-мкIэ федеральнэ лигэм» я кIэух урысейпсо зэхьэзэхуэм еплIанэ увыпIэм фIэкIа щимыубыдами, Налшык и «Нартым» и джэгукIэ дахэм гугъэфIхэр дигъэщIащ. Абы къегъэлъагъуэ мы спорт лIэужьыгъуэр къэщIэрэщIэжыныгъэм и гъуэгум ди щIыпIэм зэрыщытеувар.
ЗэрыфщIэщи, блэкIа лIэщIыгъуэм и 60 - 70 гъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым хуабжьу зыщиужьащ иджыри къэс куэдым ямыщIэу щыта регбим. Уеблэмэ Налшык и «Спартак» (иужькIэ «Университет») командэр Урысей Федерацэм и чемпион тIэунейрэ хъуащ, Совет Союзым и гуп нэхъыщхьэм ехъулIэныгъэхэр щиIэу щыджэгуащ.
ЗэраIуэтэжымкIэ, 1823 гъэращ регбир къыщежьар. Инджылызым хыхьэ Рагби (Регби) къалэм и курыт еджапIэхэм ящыщ зым футбол зэIущIэ щекIуэкIыу, къыхагъащIэхэм яхэт Эллис Уильям Уэбб губжьауэ топыр IэкIэ къипхъуатэри, и хьэрхуэрэгъухэм къахузэтемыгъэувыIэу, абыхэм я гъуэм ирилъхьащ. Къэхъуам хэти иридыхьэшхащ, хэти иригубжьащ, хэти куэдым къахуэщхьэпэну гуэр къыхихащ. Спорт лIэужьыгъуэ зыбжанэ къэзыгупсыса (футболри яхэту) икIи хабзэ пыухыкIахэр зыхухэзыгъэува инджылызхэм мыри гулъытэншэу къагъэнакъым: зэдэджэгухэм я бжыгъэр цIыху пщыкIутхум нагъэсщ, IэкIэ Iыгъыгъуей топ хъурейр хъэуаным хуэдэу хуэкIыхь ящIри, зэпеуэхэр зэхаублащ. Футболым къытепщIыкIа спорт лIэужьыгъуэщIэм зэреджэнуми иризэныкъуэкъуакъым - къыщежьа къалэм и цIэр фIащащ.
Инджылызым икIри, регбим щIыпIэ Iэджэми зыщиубгъуащ. Къэрал зыбжанэм езыхэм я зэхьэзэхуэхэр илъэс къэс ирагъэкIуэкIыу хуежьащ, цIыху минхэр къакIэлъыплъу. Аращ къызыхэкIар 1900 гъэм регбир Олимп Джэгухэм я программэм хагъэхьэныр. Абы къыкIэлъыкIуащ дунейпсо чемпионатхэр.
Иджыпсту регбим ЩIы хъурейм зыщиубгъуащ. Псом хуэмыдэу ар фIыуэ щалъагъу Европэм, Австралием, Африкэ Ипщэм. КъызэралъытэмкIэ, абыхэм цIыху мелуанитхум нэблагъэ щоджэгу.
Регбир къэунэхури, илъэси 145-рэ дэкIа иужькIэ ар Къэбэрдей-Балъкъэрми къэсащ. АбыкIэ фIыщIэ зыбгъэдэлъыр Лобжанидзе Александрщ. Ар къыщалъхуари къыщыхъуари ди щIыпIэращ, ауэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызэригъэгъуэтар я адэжьхэм я лъахэ Куржыращ (Грузие). Физическэ щэнхабзэмкIэ институтым щеджэу регбим дихьэхащ икIи Тбилиси и «Локомотив»-м хэту джэгу хъуащ. А спорт лIэужьыгъуэр езы куржыхэм я хамэтэкъым икIи «лило» фIэщыгъэцIэр иIэу икIи зыщхьэщыкIыныгъэ гуэрхэри хэлъу ижь-ижьыж лъандэрэ къадэгъуэгурыкIуэрт.
Еджэныр къиухыу Налшык къигъэзэжа иужькIэ Лобжанидзе Александр Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым физическэ гъэсэныгъэмкIэ и кафедрэм уващ. Абы щылажьэурэ и ныбжьэгъухэр, студентхэр, цIыхугъэхэр регбим хигъэгъуэзащ. Мыгувэу командэ щхьэхуэ къызэрагъэпэщыным хуэхьэзыр хъуащ.
А лъэхъэнэм регби нэхъыбэу джэгур студентхэрат. Совет Союзым и гуп нэхъыщхьэм хэтхэри институтхэмрэ университетхэмрэ я командэхэрат. Дыдейхэри абы щIэхъуэпсырти, КъБКъУ-м и ректор Лъостэн Владимир Iуэхур зытетым щагъэгъуэзащ. Мо лIы губзыгъэм занщIэу къыгурыIуащ я университетым регбим и командэ къыщызэрагъэпэщмэ куэд зэрыдихьэхынур икIи я пщIэр къызэриIэтынур. Арати, Лъостэным и щIэгъэкъуэныгъэ лъэщ хэлъу зэман кIэщIым «КъБКъУ» гупыр 1968 гъэм къызэрагъэпэщащ. КъищынэмыщIауэ, ар зи лъабжьэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ къыхэхари зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэхэм хэт хъуащ, «Спартак» цIэр зэрихьэу.
Илъэс 52-рэ ипэкIэ, 1968 гъэм щэкIуэгъуэ мазэм и 16-м, ди республикэм къыщыдэкIа «Советская молодёжь» газетым къытехуащ «Мужская игра - регби» тхыгъэ кIэщI. Ар зыгъэхьэзыра Лобжанидзе Александр къиIуатэрт: «Аращи, япэ дыдэу ди къалэм регби зэIущIэ щекIуэкIащ. Налшык и «Спартак» командэщIэм къригъэблэгъат СССР-м и иужьрей чемпионатым и дыжьын медалхэр къыщызыхьа Тбилиси и «Динамо»-р. Регбир лIы нэсхэм я зэпэщIэтыныгъэщ, лIыгъэ, зышыIэныгъэ, бэшэчагъ ин къыщагъэлъэгъуэфу. Ди республикэм щыпсэухэм Тхьэр къазэрыхуэупса я зэфIэкIымрэ хъыжьагъымрэ къэплъытэмэ, ущыгугъ хъунущ мыгувэу регбим и гуп лъэщ диIэну. Ар ехъулIэныгъэкIэ япэщIэтыфынущ къэралым и командэ нэхъыфI дыдэхэм. Абы щыхьэт тохъуэ япэу Налшык щедгъэкIуэкIа зэIущIэри. Абы иужькIэ дэ драгъэблэгъащ Тбилиси мыгувэу щыIэну зэхьэзэхуэ иным, Польшэмрэ Совет Союзымрэ я командэ лъэщхэр къыздрихьэлIэнум. КъищынэмыщIауэ, ди мурадщ 1969 гъэм дыхэтыну Урысейм и чемпионатым, Спорт зэгухьэныгъэ нэхъыщхьэхэмрэ ВЦСПС-мрэ я зэпеуэхэм. Абыхэм екIурэ-ещхьу зыкъыщыдгъэлъэгъуэну ди мурадщ».
Лобжанидзе зи гугъу ищIа Налшык щекIуэкIа регбимкIэ япэ зэIущIэм хэтахэм я унэцIэхэр зэфIэдгъэувэжыфащ. Ар куэдым зэрафIэхьэлэмэтынум шэч къытетхьэркъым. Мис ахэр: Мамедовыр, Къарэжьыр (Дудниковым ихъуэжащ), ТхьэмлIокъуэр, Суржинскэр, Ещыгуауэр, Иуаныр, Лобжанидзе Г., Лысенкэ, Лобжанидзе А., Щхьэцэр, Бэрэгъуныр, Хьэпэр, Бахъсэныр, Бэджыдэр (Кривовыр), Балъкъэрыр.
Къэралым и вице-чемпион Тбилиси и «Динамо»-м хэтхэм загъэщхьэпэлъагэу джэгур ирагъэжьат, гугъу емыхьыщэми, текIуэныгъэр зэраIэщIэмыкIынур быдэу я фIэщ хъууэ. АрщхьэкIэ ди щIалэщIэхэр абыхэм ящышынакъым икIи зыкIи къапикIуэтакъым, регбим зэрызыхуагъасэрэ мазитI иримыкъуами. Япэ дакъикъэхэм щыщIэдзауэ ахэр я хьэрхуэрэгъу лъэщхэм япэщIэуващ. Куржыхэм я Iэзагъыр, дауи, хэпщIыкIыу нэхъ лъагэт, топри нэхъ IэкIуэлъакIуэу зэIэпахырт. Дыдейхэр нэхъ къарууфIэт.
Ягъэтыншакъым налшыкдэсхэм Тбилиси къикIа я хьэщIэхэр. Абыхэм хуабжьу гугъу зрагъэхьын хуей хъуащ хэгъэрейхэр хагъэщIэн папщIэ.
КъыкIэлъыкIуа махуэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрыр зэщIищтащ Налшык щекIуэкIа регби спорт лIэужьыгъуэщIэмкIэ япэ зэIущIэм теухуа хъыбарым. ЛIы нэсхэм я шыфэлIыфэр къагъэлъэгъуэну Iэмал къызэритымкIэ куэд абы дихьэхат.
1968 гъэм и кIэухым къызэрагъэпэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым РегбимкIэ и федерацэр. Абы и тхьэмадэу хахащ «Советская молодёжь» газетым и корреспондент Къардэн Хьэсэн. Федерацэм и къалэн нэхъыщхьэр спорт лIэужьыгъуэщIэр зищIысыр нэхъыбэм къегъэщIэнымрэ зегъэужьынымрэт. Хьэсэни ар щылэжьа газетми я къару куэд халъхьащ регбир лъэ быдэкIэ ди республикэм щыувын папщIэ.
Тбилиси и «Динамо»-м къыхигъащIэри, куэд дэмыкIыу, ди щIалэхэм къыхуеблэгъащ Куржым и командэ нэхъ лъэщхэм ящыщ «Гантиади»-р. ЦIыху куэд кърихьэлIэу зэIущIэр щекIуэкIащ Налшык и Сабий стадионым.
Мыри хьэщIэхэм ирагъэжьащ я ебгъэрыкIуэныгъэ лъэщхэмкIэ. АрщхьэкIэ Тбилиси и «Динамо»-м драгъэкIуэкIам налшыкдэсхэм дерс щхьэпэхэр къыхахауэ къыщIэкIащ икIи хьэрхуэрэгъухэр я щIыналъэм ирагъэхьакъым. Ахэр къызэтрагъэувыIэри, езыхэр ипэкIэ кIуэтащ икIи Налшык и «Спартак»-м и къызэгъэпэщакIуэ икIи и капитан Лобжанидзе Александр зи пашэ гупыр 3:0-у япэ иригъэщащ. Мыгувэу бжыгъэр зэхуэдэ хъужащ.
Загъэпсэхуу къихьэжа иужькIэ хэгъэрейхэр нэхъри тегушхуауэ джэгуащ. Абыхэм я тепщэныгъэр инт икIи Лобжанидзе Александр аргуэру «Спартак»-м баллищ къыхуихьащ. КъыкIэлъыкIуэу Щхьэцэм тIэунейрэ «Гантиади»-м и «къалэр» къищтащ, балл плIырыплI дэтхэнэми къыпэкIуэу.
Апхуэдэ щIыкIэкIэ ди щIалэхэм я япэ текIуэныгъэр регбим къыщахьащ. ЗэIущIэр иуха иужькIэ «Гантиади»-м и тренер нэхъыщхьэм жиIащ: «Дэ ди гугъакъым Налшык мыпхуэдэ командэ лъэщ щыIэу. Абы хэт щIалэхэр къарууфIэ защIэщ икIи къикIуэт зымыщIэхэщ».
ЗэрымыщIэкIэ къыхагъэщIауэ къэзылъыта «Гантиади»-м и унафэщIхэмрэ щыджэгухэмрэ щIэлъэIуащ Тбилиси мыкIуэж щIыкIэ иджыри зэ зэIущIэжыну. Хэгъэрейхэм хьэщIэхэр ягъэщIэхъуакъым. Нарткъалэ и «Химик» стадионым иджы щызэхуэзэну ахэр зэгурыIуащ.
КъызэрыхагъэщIам игъэгубжьа куржыхэм хуабжьу жыджэру ирагъэжьащ. Дакъикъитхуи дэкIатэкъым ахэр 9:0-у япэ щищам. Джэгум еплъыну къэкIуахэм я щхьэр къыфIэхуащ, напэтехыр къапэщылъу къащыхъури. АрщхьэкIэ щIэдзэкIэ мыхъумыщIэм Налшык и «Спартак»-м хэтхэр къигъэдзыхакъым, атIэ ерыщагъ ин къахилъхьащ.
Хуэм-хуэмурэ хэгъэрейхэм тепщэныгъэр зыIэрагъэхьащ. Абыхэм Iэзэу къагъэсэбэпащ фIыуэ къызэрыщIадзам Тбилиси къикIахэр зэригъэбэлэрыгъар. Загъэпсэхуну командэхэр щикIым ирихьэлIэу бжыгъэр 11:12-м нэсат.
Джэгум и етIуанэ Iыхьэм лъэныкъуэхэр хуабжьу щызэрызехьащ. Я натIабгъуэхэмрэ блыпкъхэмрэ зэпащIэгъэувауэ ахэр зэныкъуэкъурт, зым и къупщхьэр адрейм зэхикъутэнущ жыпIэу. Апхуэдэхэм и деж зи бэшэчагъыр нэхъыбэр токIуэ. Ди щIалэхэр абыкIэ я хьэрхуэрэгъухэм ефIэкIащ. Ящыщ зы джэгум хихуу, бжыгъэкIэ нэхъ мащIэу судьям къигъэнами, Налшык и «Спартак»-р Тбилиси и «Гантиади»-м аргуэру ефIэкIащ. Иджы 28:23-уэ. Хэгъэрейхэм хьэщIэхэм я «къалэр» блэнейрэ къащтат, я хьэрхуэрэгъухэм ар зэи яхузэфIэкIатэкъым икIи я балл псори штрафнойхэмкIэ къалэжьат. А зэIущIэм хуабжьу къыщыхэжаныкIахэт Мамедовыр, Суржинскэр, ТхьэмлIокъуэр, Балъкъэрыр, Щхьэцэр, Къожакъыр, Бэджыдэр.
Регбим и IэфIагъыр зыхэзыщIа ди щIалэхэм адэкIэт текIуэныгъэ нэхъ иныжхэр къащыпэплъэр. Хэт ищIэнт ахэр куэд дэмыкIыу Урысей Федерацэм тIэунейрэ и чемпион хъууэ Совет Союзым и командэ нэхъ лъэщ дыдэхэм я гуп нэхъыщхьэм яхыхьэну?! Апхуэдэ гъуэгуанэ дахэ къапэщылъыну дыхуейт Налшык и «Нартым» нобэ щыджэгу ди щIалэхэми.
ЖЫЛАСЭ Заурбэч.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1905.txt"
} |
МЭРЕМ ПШЫХЬ
Ещанэр лейщ
Новеллэ
Сэрыншэу я гъащIэр нэхъыфI хъуну къызыщыхъуу,
IэщIыб сызыщIа псори щIемыгъуэжын Тхьэм фищI!
Мы дунейм псоми уосэж: гуауэми, гуфIэгъуэми, нэпсми. Апхуэдэущ гъащIэр зэрыщытыр. Дыгъуасэ гъэщIэгъуэну къыпщыхъуам, нобэ умылъагъуу ублэкIынкIэри мэхъу. Псоми чэзу яIэщ.
Десэжащ дэри ди лъагъуныгъэм. Апхуэдэ игъащIэкIи къэхъуну къытщымыхъуами, гъэщIэгъуэнагъ абы хэтлъагъуэжыркъым. Япэм хуэдэу абы и лыгъэм дисыжыркъым, и IэфIагъри зыхэтщIэжыркъым. Ди гухэлъхэм утезашэри, нэгъуэщIым и дежкIэ уеплъэкIын щIэбдзащ. Абы и нитIри и псэлъэкIэри нэхъ дахэу къыпщыхъуащ. Абы гу лъызыта сэри лъэныкъуэкIэ сытекIуэтащ. Лъагъуныгъэм и шабзэхэм къауIа дигухэри хъужащ. ТхьэмахуэкIэ дызэрымылъагъуми - дызэхуэзэшыжыркъым. Япэм темыпыIэу зэхуэныкъуэу щыта ди псэхэри иджы я щхьэ закъуэу мэпсэуф. Псори я пIэ иувэжащ, зыми дигъэпIейтеижыркъым. Лэжьыгъэ, ныбжьэгъу, унагъуэ - аращ иджы ди гъащIэр зэрыкIуэр. УпщIэ лей хуэмейуэ, псори гурыIуэгъуэ хъуащ! Ар къыдгурыIуэри, дызэбгъэдэкIыжащ. Уэ уи гъуэгукIэ уежьэжащ, сэри си лъагъуэм сытеувэжащ. Псори гурыIуэгъуэщ!
Нобэрей ди зэхуэзэми мыхьэнэ лъэпкъ иIэкъым! ШхапIэ дыздыщIэсри, дыщызэрыцIыхуауэ щытар арами, Iуэхукъым. Хамэ зэхуэхъуа цIыхуитIыр зэрымыщIэкIэ зэхуэзауэ зэпсалъэу зэбгъэдэсу аращ. Сыт абы гъэщIэгъуэнагъыу хэлъыр?!
Сэ сыпагэщ, куэд схуэгъэгъуркъым. Зэгуэр ещанэу лей сызэрыхъуари схузыщыгъэгъупщэнукъым. Ауэ, итIанэми, адэ куууэ сигу лъащIэм иджыри зы къуэпс цIыкIу щыIэщ уи цIэр тету. Иджыри къыхоузыкI си гур, уи нитIым сыщIэплъэмэ. Си щхьэм щызбзыщIыжми, гухэлъхэр и кIэм нэсу ткIужакъым. Ауэ ар си гум жиIэми, си жьэм зэи къыжьэдэкIынукъым!
Дэ дытопсэлъыхь ди лэжьыгъэм, ди Iуэхухэм, ди гъащIэм. Зыгуэрхэр дигу къыдогъэкIыж, додыхьэшх. Илъэситху дызэрызэрымылъэгъуари щымыIам хуэдэщ! Сщыгъупщэжат зэгуэр апхуэдэу хуиту дызэпсалъэу дызэбгъэдэсыфу щытауи! Дигу къэдгъэкIыжын Iэджи диIэщи, зым адрейр зэпыдудыжу допсалъэ!
- Дауэ уеплърэ, - укъызоупщI зэуэ, - ди лъагъуныгъэр и чэзум тхуэхъумэжатэмэ, ди гъащIэр нэгъуэщIу хъуну пIэрэт?
Жэуапым и пIэкIэ сыпогуфIыкI! Сэ схужыIэнут, ар зыхуэмыхъумэфар уэрауэ, сэ лажьэ симыIэу. Ауэ сыщымщ, сыхуейкъым губгъэн гуэр пхуэсщIу къозгъэщIэну.
- Иджыри Iейкъым дэ ди гъащIэр, - жызоIэ сэ. - Псори дызэрыхуеям хуэдэ хъуащ… Дызыхуэныкъуэ щыIэкъым!
- Пэжщ, псори диIэщ: ныбжьэгъу, лэжьыгъэ, мылъку. Зы мыхьэнэншэщ къытхуэтыр: насыпщ!
Аргуэру зыри къызэрымыкI псалъэмакъ! Зэгуэр щыIам дыхущIегъуэж щхьэкIэ, абы къэгъазэ иIэкъым! Ауэ щхьэж и гъуэгу дытеувэжын и пэкIэ, аргуэру къызжыбоIэ:
- Псоми зэ къытедгъэзэжамэ, иджы нэгъуэщIут зэрыщытынур. Мы илъэсхэм сэ Iэджэ къызгурыIуащ…
Ауэ аргуэру жэуапым и пIэкIэ сыпыгуфIыкIри, си гъуэгу сытеувэжащ! Уэри укъыскIэлъоплъри ущытщ! Мис апхуэдэу зэгуэр сэри сеплъу сыщытащ нэгъуэщIым и Iэр пIыгъыу узэрежьэжым! Абы щыгъуэ уэ зэ укъысхуеплъэкIыжакъым, сэри сынэплъэнукъым! И чэзум мыхъуа лъагъуныгъэми къытремыгъэзэж! Сэ сыпагэщ, куэд схуэгъэгъуркъым! Закъуэныгъэми сигъащтэркъым! Си гум теплъхьа уIэгъэ псори лIыгъэм къыхэщIыкIа IуданэкIэ здыжащ! Уэрыншэуи сыпсэуфынущ!
А гупсысэхэм си гум нэжэгужагъэшхуэ къралъхьауэ, сокIуэж! СыпыгуфIыкIыурэ, си унэм сыщIыхьэжри - си макъ къызэрикIкIэ гъын щIэздзащ…
ГъукIэ Маринэ.
ГушыIэ
КIий макъыр уэрэд мэхъуж
Хъуэжэ джэгум къыщIэкIыжауэ зы уэрам кIыфI гуэрымкIэ кърикIуэжырт. Ар бэлэрыгъауэ бжыхь лъабжьэмкIэ къыздрикIуэжым, зы хьэ гуэр пабжьэм къыхэцIэфтри, и цеикIэм къепхъуэри блэжащ. Хъуэжэ абы къигъащтэри, и къарум къызэрихькIэ «Уа-а-а!» - жиIэу, кIийуэ щIидзащ.
Хъуэжэ и кIий макъыр мыужьыхыж щIыкIэ, дыхьэшх макъ и щIыбагъымкIэ къыщыIуащ. КъеплъэкIри къилъэгъуащ езым кIэщIу и ужь иту къэкIуэж зыдэгушыIэ хъыджэбзымрэ абы и ныбжьэгъумрэ. Ахэр къызэрилъагъуу Хъуэжэ и кIий макъ «уа-а-а»-м нэхъри зригъэIэтри, «рау-ри-ра-рий!» - жиIэу пигъэувэжащ, къащтэу зэрыкIияр уэрэд жиIэ хуэдэу хъыджэбзхэм къафIигъэщIыну икIи зыфIимыгъэIуэхуу лъабакъуэ хуабжькIэ ежьэжащ.
Махуэ Iэлисэхь.
Псалъэ пэжхэр
Бзэгузехьэм и щхъухьым хей Iэджэ еукI
♦Акъылыншэр сытым дежи нэмысыншэщ.
♦ТхьэмыщкIэм и тхьэусыхафэр бейм фIэдыхьэшхэнщ.
♦Гуапагъэу хуэпщIам нэхърэ нэхъыбэж гуауэ защIэу къозыщIэжыф уи ныбжьэгъухэми уи Iыхьлыхэми къахокI.
♦Напэншэм и пшынэм сыт хуэдэ макъами къригъэкIыфынущ, пхуэмыхъуу, джэрэзуи укъыдигъэфэфынущ.
♦Нэхъыжь псори тхьэмадэу ягъэтIысыркъым.
♦Дэ къыджьэхэмыуэмэ, адрейхэм къащыщI псори тфIэмыхьэнэншэщ.
♦Унагъуэм илъ зэгурыIуэныгъэр дыгъэ пэлъытэщ.
♦КIэух псоми пэщIэдзэ яIэщ.
♦ЦIыхуитI зэфIэнамэ, къуаншэр нэхъ губзыгъэращ.
♦Иджырей зэманым уи жыпым иплъи, итIанэ псалъэ.
♦Шым тесыф псори шууейкъым, еджэкIэ зыщIэ псори егъэджакIуэкъым.
♦Гугъэр здэщыIэр къэкIуэну зэманырщ, аращ абы дыщIыхуэпIащIэри.
♦Щхьэм илъыр къызэращIэр жьэм жиIэмкIэщ.
♦Бзэгузехьэм и щхъухьым хей Iэджэ еукI.
♦Зызыгъэпагэу уафэм худэплъейр щIылъэм щолъэпэрапэ.
♦КIапсэ зэпычар гуанэ имыIэу пхузэпыщIэжынукъым.
♦Зи блэкIар къизымыдзэм и къэкIуэнури щIагъуэкъым.
♦Жеймрэ фадэмрэ уапэщIэмыувэ, абыхэм пэлъэща щыIэкъым.
♦Благъэжьым и пащхьэм благъэщIэр щумыгъэпIий.
♦И чэзум умыщIа Iуэхур къыдэхыжыгъуейщ.
♦Гуащэр тIысауэ игуэшырт дыгъэр: и пхъум бжьыхьэ дыгъэр хуигъазэрт, и нысэм гъатхэ дыгъэр хуигъэфащэрт.
♦Унагъуэм щумыгъэса сабийр уэрамым щыбущиину ухэмыт.
КIурашын Алий.
УпщIэрейрэ къэщIэрейрэ
Акъыл - щхьэм итын хуейуэ Тхьэм къигъэщIа дефицит гуэрщ. Щагуэшым къыплъымысамэ, самэ псо ахъшэу щIэптакIи, къыпхуэщэхунукъым.
Гъуджэ - цIыхубзхэр илъэс 30 ирикъуху зыгъэгуфIэ, 40-м нэсыху хэзыгъаплъэ, 50-м щынахускIэ зыгъэнэщхъей, 60-м щыхуэкIуэкIэ зызыщахъумэ, 70-м хуаунэтIа нэужь ялъагъунуи теплъэнуи зыхуэмеиж абдж кIапэщ.
ИлъэсыщIэ - гуэгушыхъу Iэджэми я псэхэр зыщIат, шампанскэ бжыгъэншэм зызытраунащIэ, нэхъыфIу щыIэмкIэ дызыщыгугъ, дызэрыщыгугъауэ зэи къытхущIэмыкIыж, щIэкIыж жыхуаIэ имыщIэу махуэ 365-кIэ зигъэмызыжу къытхэс хьэщIэщ.
Къэб - зыкъому зэщхьэщидз хадэхэкIщ. Щхьэ къэбым нэхъ Iей яхэткъым, нэхъ къэмысэбэпи щыIэкъым. Iуэхушхуэракъэ, къэбым я нэхъыбэр а сортым щыщщ.
Нэмыс - модэм икIауэ куэдым къалъытэ фащэ дахащэщ.
НысащIэ - упщIэ нагъыщэу къежьэу, зыхишым зишэщIурэ, хэIэтыкIа нагъыщэм хуэкIуэ бзылъхугъэ джатэрыхахуэщ. Апхуэдэ нысэ зиIэ гуащэм къыхуэнэжыр мы хэкIыпIитIращ: е кикбоксингымкIэ спортым и мастер цIэр къихьын, е «Зызот мыгъуэ!» жиIэу тету нып хужьыр пщэфIапIэм къыщыпилъэн.
Уэрэд - пасэм щыгъуэ псалъэ хэбдз мыхъуу яусу щытамэ, иджы зэрыщыту хыфIэбдзэ хъун хуэдэу зэхалъхьэ усакIуэ Iэужьщ.
Фадэ - зэкIэ картэхэм имыхуа, ауэ кIуэ пэтми хэкур зыуфэбгъу тенджыз шынагъуэщ. А тенджызым щIилъэфахэмрэ а щIегъэлъэфэшхуэм хэуныкIахэмрэ къыпхуэбжатэмэ! АрщхьэкIэ, - щ-щ-щ-щ! - ар псоми дызэдищэхущ. ЩIилъэфахэми. ЩIегъэлъэфэшхуэм хэуныкIахэми. И Iуфэм Iутурэ хэплъэхэкIыж хъуа жьэущIхэми… ди экономистхэм жаIэр пэжмэ, а тенджыз закъуэращ дэ плъапIэрэ гугъапIэу къытхуэнэжар.
Хабзэ - зыщIэн зымыщIэж фыз лъэкъыцэ цIыкIу дэтхэнэми щыхуей меданым деж етIысылIэу къитIэпI, зэрыхуей дыдэу зэхибзыхь, зэрыфIэфI дыдэу зэхидыхь, дигу ирихь-иримыхьми, зыщыттIэгъэн хуейуэ псоми къытхудэкI иджырей «лъэпкъ фащэщ».
Хъуэхъу - Къэбэрдейм нэхъыфI дыдэу щалъагъу IуэрыIуатэ жанрщ. «Сэ хъуэхъуэкIэ сщIэркъым, хъуэхъуэкIэ зыщIэр Алыхьырщ…» жиIэу зыгуэр къыпхуэтIыскIэ, уи фIэщ умыщI: ар хъуэхъуакIуэ профессионал ухуэзауэ аращи, тхьэкIумэшхуитIыр тегъэхуи, зы сыхьэт ныкъуэфIкIэ узэредэIуэнум зыхуэщI… губзыгъэхэм я хъуэхъухэр акъылым къыхащIыкI, акъылыншэхэм аркъэкIэ кърагъэблурэ, хъуэхъур хъуэным хуашэри, хьэргъэшыргъэкIэ яух.
Чэнджэщ - кIэпIейкIэ къозымытыфынухэри зэрыжумарт тыгъэ нэщIышхуэщ.
ЩIакIуэ - гъащIэ блэкIам кIэлъащтэ щыгъыныгъуэщ.
IэплIэ - модэм икIа пасэрей зэдэхэщIэкIэщ.
Iуащхьэмахуэ - хьэщIэу къытхуэкIуэм тыгъэ хуащI сувенирщ. Насып диIэщи, зыми къиIэту хуэхьыркъым.
IутIыж Борис.
Гупсысэр - псалъэкIэ
Ясминэ хьэмэрэ Дахэжан?
Дунейм къытехьа сабийм цIэ фIэщыным епха Iуэхум мыхьэнэшхуэ ирату ижь-ижьыж лъандэрэ къэгъуэгурыкIуащ адыгэхэр. Къыхаха цIэм сабийм и гъащIэр зэрыхъунур куэдкIэ елъытауэ къалъытэрт. Абы къыхэкIыуи, нэхъыбэу ар пщэрылъ зыщащIыр пщIэ зыхуащI цIыхут. Iуэхум хабзэ дахи къыдогъуэгурыкIуэ: сабийм цIэ фIэзыщам Iэмал имыIэу цIэфIэщ джанэ игъэхьэзырыжын хуейт, нэгъуэщIу жыпIэмэ, зы фэилъхьэгъуэ гуэркIэ хуэупсэрт.
Псалъэм папщIэ, сабийм фIащыну цIэр къызэрыхахым теухуауэ МафIэдз Сэрэбий и тхылъым къыщегъэлъагъуэ мыпхуэдэ Iуэхугъуэхэр:
- лъэпкъым, къуажэм и цIэр фIыкIэ зыгъэIуа цIыху Iумахуэм зэрихьэ цIэр сабийм ирату щытащ, абы ещхь хъужынущ жыхуаIэу;
- нарт эпосым къызэрыщыгъэлъэгъуэжащи, щIалэ цIыкIу къалъхуа нэужь и адэм и цIэр иратыжырт, «къуэ» псалъэр пагъэувэрти. Щапхъэу къэпхь хъунущ Бэдын и къуэ Бэдынокъуэ. Ещхьыркъабзэу, нартхэ хабзэу яIащ унагъуэм хъыджэбз цIыкIу къихъуамэ, абы и анэм и цIэр иратыжу. Псалъэм папщIэ ар IупщIу къыщыгъэлъэгъуащ «Мэлычыпхъу и пшыналъэм». Абы и анэм зэреджэ Мэлэч цIэр иратыжащ, «пхъу»-р пагъэувэри;
- сабийр дунейм къыщытехьа пIалъэм къриубыдэу а унагъуэм хьэщIэ лъапIэ къахуэкIуамэ, абы и цIэр фIащу щытащ.
Япэм адыгэхэм цIэ зэрыфIащу щыта хабзэхэр нобэ унагъуэхэм я нэхъыбэм IэщIыб ящIыжащ. Иджыпсту дэтхэнэ зы адэ-анэри хущIэкъу хуэдэщ зыми емыщхьу икIи нэхъ гъэщIэгъуэну я быным цIэ зэрыфIащынум. Абы щыгъуэми, ди жагъуэ зэрыхъущи, куэдыр егупсысыркъым цIэ къыхаххэм я мыхьэнэр зыхуэдэм.
Сыт хуэдэ цIэхэр фIащрэ иджырей сабийхэм?! Ясминэ, Асидэ, Леонеллэ, Сандринэ, Санитэ, Элантэ, Камиллэ, Сафие, Мелиссэ, Дамир, Имран, Айдар, Алхан, Нариман… Мыхэр, шэч хэмылъу, цIэ дахэхэщ, ауэ псори хамэбзэм къыхэкIащ.
ДызыщIэвгъэгупсысыжыт: франджыхэм, инджылызхэм, нэмыцэхэм, тыркухэм, хьэрыпхэм я бынхэм фIащыну пIэрэ Дыгъэшыр, Гуащэдахэ, НысэIэфI, Сэтэней, Данэ, Дахэжан, Дыщэнэ, Пщымахуэ, Нартщауэ, Ашэмэз, Шумахуэ хуэдэхэр?
Тамбий Заремэ.
Ущие зыхэлъ тхыгъэ
Эзоп и жэуапхэр
Зэгуэрым Эзоп зи пщылI Ксанф хьэщIэ гуп къыхуэкIуэнути, шхыныгъуэу щыIэм я нэхъ IэфIыр ипщэфIыну унафэ хуищIащ. Эзоп бэзэрым кIуэри, бзэгу къищэхуащ, ар игъэхьэзырри, Iэнэм яхуихьащ.
- Мыра нэхъ шхыныфIу щыIэр?! - къэгубжьащ Ксанф.
- Аращ, - жиIащ Эзоп. - Бзэгур псом нэхърэ нэхъыщхьэщ. Абы и фIыгъэкIэ къалэхэр яухуэ, лъэпкъхэм я щэнхабзэхэм заужь, щIэныгъэ зыдогъэгъуэт, цIыхухэр зопсалъэ, жыпIэнурамэ, Iуэху зэмылIэужьыгъуэхэр зэфIах. Бзэгум «къыпокI» гуапагъи, дахагъи, лъагъуныгъи.
Ксанфи и хьэщIэхэр апхуэдэ жэуапымкIэ арэзы хъуащ.
ЕтIуанэ махуэм Ксанф Эзоп жриIащ бэзэрым нэхъ Iей дыдэу щыIэр кърихыну. Эзоп аргуэру бзэгу къихьащ.
- Дыгъуасэ абы нэхъыфI щымыIэу жыпIащ, нобэ абы нэхъ Iей щымыIэу жыбоIэ! - къэгубжьащ Ксанф.
- Пэж дыдэщ, - жэуап етыж Эзоп. - Бзэгум нэхъ Iей сыт щыIэ? АбыкIэ цIыхухэм пцIы яупс, зэщохьэ, бзаджагъэ зэрахьэ. Бзэгум цIыхухэр бий зэхуещI, зауэ къегъэхъей, къалэхэр, уеблэмэ къэралыгъуэхэр зэхэкъутэнымкIэ унафэхэр къещтэ. Лъэпкъым, цIыхум гуауэшхуэ къыхуихьыфынущ. Сыт щыIэ атIэ абы нэхърэ нэхъ Iей?
НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1906.txt"
} |
Дунейм щыхъыбархэр
Мэлыжьыхьым и 30, мэрем
♦Джазым и дунейпсо махуэщ
♦Ветеринархэм я дунейпсо махуэщ
♦Урысейм и МафIэсгъэункIыфIхэм я махуэщ
♦Мексикэм щагъэлъапIэ Сабийм и махуэр
♦Вьетнамым и къэрал гуфIэгъуэщ - я текIуэныгъэм и махуэщ
♦Швецием щагъэлъапIэ я пащтыхьым и махуэр
♦1789 гъэм США-м и япэ президенту хаха Вашингтон Джордж а къулыкъум зэрытеувэм теухуа зэIущIэ екIуэкIащ.
♦1918 гъэм «Ленфильм» киностудиер къызэрагъэпэщащ
♦1945 гъэм Егоров Михаилрэ Кантарие Мелитонрэ сыхьэт 14-рэ дакъикъэ 35-м ТекIуэныгъэм и Бэракъыр Берлин и Рейхстагым щыфIадзащ.
♦1945 гъэм Гитлер (и унэцIэ дыдэр Шикльруберщ) Адольф зиукIыжащ.
♦1870 гъэм къалъхуащ мэжэр композитор цIэрыIуэ Легар Франц.
♦1883 гъэм къалъхуащ зи IэдакъэщIэкIхэмкIэ дуней псом щыцIэрыIуэ чех тхакIуэ Гашек Ярослав.
♦1949 гъэм къалъхуащ биологие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъМУ-м и профессор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Дзу Руслан.
♦1953 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор ЩоджэнцIыкIу Нинэ.
♦1967 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ, композитор, продюсер, УФ-м и цIыхубэ артист Киркоров Филипп.
Накъыгъэм и 1, щэбэт
♦Гъатхэмрэ Лэжьыгъэмрэ я махуэшхуэщ
♦Къэзахъстаным щыпсэу лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэщ
♦Литвам Анэм и махуэр щагъэлъапIэ
♦США-м зэхудэчыхыныгъэм, сабийхэм я узыншагъэр хъумэным, хуитыныгъэм я махуэхэр щагъэлъапIэ
♦1840 гъэм Инджылызым щащIащ дунейм щыяпэ пощт маркэхэр.
♦1918 гъэм Ходынскэ губгъуэм щекIуэкIащ Совет Армэм и япэ дзэ парадыр.
♦1929 гъэм Джылахъстэнейм псыщIэгъэлъадэр щаутIыпщащ.
♦1941 гъэм Налшык сабий стадион къыщызэIуахащ.
♦1944 гъэм «Москва зэрахъумам папщIэ» медалыр къащтащ.
♦1923 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэу, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIу 1969-1984 гъэхэм щыта Къущхьэ КIыщыкъуэ.
♦1935 гъэм къалъхуащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Урыс Мухьэзир.
♦1937 гъэм къалъхуащ социологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, ЩIДАА-м и академик, Адыгэ Республикэм щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ АфэщIыж Тыркубий.
♦1938 гъэм къалъхуащ Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и сурэтыщI, АР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Гъуэгунокъуэ Мухьэрбий.
♦1939 гъэм къалъхуащ хьэрычэтыщIэ, техникэ щIэныгъэхэм я доктор, Адыгэ Республикэм и Президенту щыта Щэумэн Хьэзрэт.
♦1942 гъэм къалъхуащ «Къэббалъкътурист» ОАО-м и генеральнэ директор, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къалэ Владимир.
♦1943 гъэм къалъхуащ къэрал къулыкъущIэ, политик, жылагъуэ лэжьакIуэ Нэхущ Заурбий.
♦1954 гъэм къалъхуащ адыгэ усакIуэ Жыкъуэ Гъумар.
♦1955 гъэм къалъхуащ адыгэ тхакIуэ Емкъуж Мухьэмэд.
Накъыгъэм и 2, тхьэмахуэ
♦1920 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым япэ щэбэт щIыхьэху щекIуэкIащ.
♦1934 гъэм Налшык Пионерхэм я унэ къыщызэIуахащ.
♦1940 гъэм ХII Гъэмахуэ Олимп джэгухэр ирамыгъэкIуэкIыну унафэ къащтащ. А илъэсым и фокIадэм и 21 – жэпуэгъуэм и 6-хэм Японием и къалащхьэ Токио щызэхэтыну траухуауэ щыта джэгухэр ирагъэкIуэкIакъым, японо-китай зауэр къызэрыхъеям и зэранкIэ.
♦1944 гъэм Инджылызым и къалащхьэ Лондон щызэхэтын хуея ХIII гъэмахуэ Олимп джэгухэр зэрырамыгъэкIуэнум теухуа унафэ къащтащ. Абы и щхьэусыгъуэр ЕтIуанэ дунейпсо зауэр зэрекIуэкIырт.
♦1945 гъэм СССР-м и Дзэ Плъыжьым Берлин къищтащ.
♦1729 гъэм къалъхуащ Урысей империем и унафэщI Екатеринэ ЕтIуанэр.
♦1922 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессору щыта, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Урыс Хьэталий.
♦1930 гъэм къалъхуащ «Ленин гъуэгу» (иджы – «Адыгэ псалъэ») газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта ТIажь Пётр.
♦1931 гъэм къалъхуащ КъБКъУ-м и ректору щыта, профессор, КъБР-мрэ АР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Лъостэн Владимир.
♦1939 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, АКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик, УФ-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Мекъул ДжэбрэIил.
♦1941 гъэм къалъхуащ къэрал къулыкъущIэ, экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, УФ-м и Къэзыбж палатэм и япэ унафэщIу щыта Къэрмокъуэ Хьэчим.
♦1953 гъэм къалъхуащ дирижёр цIэрыIуэ, УФ-м и цIыхубэ артист Гергиев Валерий.
Накъыгъэм и 3, блыщхьэ
♦Печатыр зыми и унафэ щIэмытыным и дунейпсо махуэщ. ЮНЕСКО-м и унафэкIэ ягъэлъапIэ. 1991 гъэм Намибием и къалащхьэ Виндхук Iэ щытрадзащ къэрал псоми я правительствэхэм зэрызыхуагъазэм. Абы къэрал унафэщIхэр къыщыхураджэрт прессэр щхьэхуиту, демократием и хабзэхэм тету лэжьэныр къызэрагъэпэщыну.
♦Дыгъэм и дунейпсо махуэщ
♦Мыпсэлъэным и дунейпсо махуэщ
♦США-м щагъэлъапIэ ЕгъэджакIуэм и махуэр
♦Польшэм и Конституцэм и махуэщ
♦Японием и Конституцэм и махуэщ
♦1902 гъэм США-м «Пепси» компаниер къыщызэрагъэпэщащ.
♦1957 гъэм КПСС-м и ЦК-мрэ СССР-м и Министрхэм я Советымрэ унафэ къащтащ колхозхэр совхозу зэхъуэкIыным теухуауэ.
♦1938 гъэм къалъхуащ урысей тхакIуэ, драматург, актёр, РСФСР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Инин Аркадий.
♦1939 гъэм къалъхуащ кинорежиссёр, УФ-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Урысей Федерацэм и цIыхубэ артист Нечаев Леонид.
♦1941 гъэм къалъхуащ куржы шахматисткэ, дуней псом и чемпионкэ Гаприндашвили Нонэ.
♦1951 гъэм къалъхуащ урысей тхакIуэ, публицист, критик, «Триумф», «ТЭФИ» саугъэтхэр зрата Толстая Татьянэ.
♦1956 гъэм къалъхуащ совет актрисэ, РСФСР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Андрейченкэ Наталье.
♦1965 гъэм къалъхуащ урысей хьэрычэтыщIэ, политик, «Гражданская платформа» партым и къызэгъэпэщакIуэ Прохоров Михаил.
Накъыгъэм и 4, гъубж
♦МафIэсгъэункIыфIхэм я дунейпсо махуэщ
Латвие Республикэм и щхьэхуитыныгъэм теухуа декларацэр къыщащта махуэщ. 1990 гъэм Латвие ССР-м и Совет Нэхъыщхьэм унафэ къищтащ Совет Союзым къызэрыхэкIыжым икIи къэралыгъуэ щхьэхуэ зэрыхъужым теухуауэ.
♦Китайм и ЩIалэгъуалэм я махуэщ
♦Японием щагъэлъапIэ ЩхъуантIагъэм и махуэр
♦1852 гъэм Шамиль Iимамым и нэIибхэм ящыщ Хьэжы-Мурат, и гупыр и гъусэу урысхэм ягухьэну мурад зыщIауэ щытар, пащтыхьыдзэм щыщу кърагъэбыдылIа хъумакIуэхэр зэтраукIэри щIэпхъуэжахэщ. Урысыдзэр къызэщIаIэтэри, абыхэм якIэлъыпхъэращ икIи Хьэжы-Мурат гуузу яукIауэ щытащ.
♦1904 гъэм Панамэ кIэнауэр ухуэн щIадзащ.
♦1904 гъэм Инджылызым щыщ хьэрычэтыщIэхэу, инженерхэу Ройс Генрирэ Роллс Чарльзрэ автомобиль лIэужьыгъуэщIэ къыщIагъэкIыу щIадзащ. Абы «Роллс-Ройс» фIащауэ щытащ.
♦1924 гъэм Париж къыщызэIуахащ VIII Гъэмахуэ Олимп Джэгухэр. Ахэр накъыгъэм и 4 – бадзэуэгъуэм и 27-хэм екIуэкIащ.
♦1927 гъэм США-м къыщызэрагъэпэщащ киногъуазджэм и академие. Лэжьыгъэ нэхъыфIхэм хуагъэфащэ «Оскар» саугъэтыр зыгъэувари аращ.
♦1934 гъэм Москва Кином и унэ къыщызэIуахащ. Иджыпсту ар Кином и Унэ Нэхъыщхьэрщ.
♦1959 гъэм Налшык бжьамийкIэ газ къашэу щIадзащ.
♦1979 гъэм Тэтчер Маргарет Инджылызым и премьер-министру ягъэуващ. А къулыкъум нэхъапэм цIыхубз зэи пэрытатэкъым.
♦2010 гъэм УФ-м и Президентым и УказкIэ Налшык къыфIащащ «Зауэ щIыхьым и къалэ» цIэ лъапIэр.
♦1934 гъэм къалъхуащ совет актрисэ цIэрыIуэ, УФ-м и цIыхубэ артисткэ, Канны 1957 гъэм щекIуэкIа ХI кинофестивалым и саугъэтыр («Летят журавли» фильмым папщIэ) зыхуагъэфэща Самойловэ Татьянэ.
♦1938 гъэм къалъхуащ абазэ тхакIуэ, КъШР-м и цIыхубэ усакIуэ КIыкIуэту Микаэль.
♦1943 гъэм къалъхуащ УФ-м и цIыхубэ художник, Урысейм и Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща Шемякин (Къардэн) Михаил.
♦1956 гъэм къалъхуащ экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, РАЕН-м и и академик, УФ-м щIыхь зиIэ и экономист Щауэжь Хьэсэнбий.
♦1971 гъэм къалъхуащ Урысейм щIыхь зиIэ и тренер, къэралым футболымкIэ и командэ къыхэхам, ЦСКА-м я тренеру щыта Слуцкий Леонид.
Накъыгъэм и 5, бэрэжьей
♦Ныкъуэдыкъуэхэм я хуитыныгъэхэм щIэбэныным и дунейпсо махуэщ
♦Япониемрэ Корее Ипщэмрэ щагъэлъапIэ Сабийхэм я махуэр
♦Белоруссием Печатым и махуэр щагъэлъапIэ
♦Къыргъызым и Конституцэм и махуэщ
♦1836 гъэм Европэм щыяпэ дыдэу Бельгием гъущI гъуэгу щаутIыпщащ.
♦1912 гъэм «Правда» газетым и япэ номерыр къыдэкIащ.
♦1945 гъэм нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэхэм я бийуэ Прагэ зыкъыщаIэтащ IэщэкIэ зэщIэузэда цIыхухэм.
♦1945 гъэм советыдзэхэм Даниемрэ Нидерландхэмрэ хуит къащIыжащ.
♦1949 гъэм Лондон Iэ щытрадзащ Европэм и Советым и уставым.
♦1912 гъэм къалъхуащ адыгей усакIуэ, зэдзэкIакIуэ Пэрэныкъуэ Мурат.
♦1929 гъэм къалъхуащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, «Ленин гъуэгу» («Адыгэ псалъэ») газетым жэуап зыхь и секретару илъэс куэдкIэ щыта Апажэ Назир.
♦1930 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Къардэн Бубэ.
♦1937 гъэм къалъхуащ экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, РАЕН-м и академик, АР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Апышэ Абрэдж.
♦1938 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ дохутыр Бахъсэн Хьэмэдэ.
♦1939 гъэм къалъхуащ философие щIэныгъэхэм я доктор, КъШКъУ-м и профессор Нэхущ Владимир.
♦1941 гъэм къалъхуащ хоккеист цIэрыIуэу щыта, Олимп Джэгухэм щэнейрэ я чемпион, дунейм пщIэнейрэ и чемпион Рагулин Александр.
♦1943 гъэм къалъхуащ усакIуэ, ЩIДАА-м и академик, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Тхьэзэплъ Хьэсэн.
♦1948 гъэм къалъхуащ Адыгейм и цIыхубэ сурэтыщI ПэтIуащIэ Феликс.
♦1948 гъэм къалъхуащ физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ЛIыс Мухьэмэд.
♦1952 гъэм къалъхуащ УФ-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ, КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къалмыкъ Кларэ.
♦1953 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Хьэмыку Жаннэ.
♦1967 гъэм къалъхуащ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и актёр, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Мысост Вадим.
Накъыгъэм и 6, махуэку
♦Москва и гербымрэ и ныпымрэ я махуэщ. «Москва къалэм и махуэшхуэхэр» законым ипкъ иткIэ ягъэуващ 2004 гъэм.
♦1715 гъэм Урысейм къыщащтащ къэралым и япэ дзэ-уголовнэ кодексыр.
♦1889 гъэм Париж ухуэн щаухащ Эйфель чэщанэр.
♦1906 гъэм Николай ЕтIуанэ пащтыхьым Iэ тридзащ Урысей империем и Къэрал хабзэ нэхъыщхьэхэм.
♦1939 гъэм Налшык шыгъэжапIэ къыщызэIуахащ.
♦1945 гъэм советыдзэхэм Бреслау быдапIэр (иджы - Польшэм хыхьэ Вроцлав къалэрщ) нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэхэм къыIэщIагъэкIыжащ.
♦1985 гъэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым унафэ къищтащ Мурманскрэ Смоленскрэ «Къалэ-ЛIыхъужь» цIэр яфIэщыным техуауэ.
♦1994 гъэм Ла-Манш псы дэжыпIэм щащIа тоннелыр къызэIуахащ. ЕтIощIанэ лIэщIыгъуэм и ухуэныгъэ нэхъ телъыджэ дыдэхэм ящыщу къалъытэ а гъуэгум Франджымрэ Инджылызымрэ зэпищIащ.
♦1875 гъэм къалъхуащ адыгэ тхыдэдж, узэщIакIуэ Долэт-Джэрий СулътIан.
♦1907 гъэм къалъхуащ совет дзэ кхъухьлъатэзехуэ, Совет Союзым и ЛIыхъужь Гастелло Николай.
♦1922 гъэм къалъхуащ актёр, егъэджакIуэ цIэрыIуэ, Хэку зауэшхуэм хэта, СССР-м и цIыхубэ артист Этуш Владимир.
♦1932 гъэм къалъхуащ актёр цIэрыIуэ, УФ-м и цIыхубэ артист, Польшэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Белявский Александр.
♦1936 гъэм къалъхуащ адыгэ философ, еджагъэшхуэ, тхакIуэ, социологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, ЩIДАА-м и академик Хьэгъур Айтэч.
♦1949 гъэм къалъхуащ абазэ тхакIуэ, КъШР-м и цIыхубэ усакIуэ Мхъыцэ Чэрим.
Накъыгъэм и 7, мэрем
♦Радиом, связым и IэнатIэ псоми я лэжьакIуэхэм я махуэщ. Ар щагъэлъапIэ Урысейм, Армением, Белоруссием.
♦Урысей Федерацэм IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэр къыщызэрагъэпэща махуэщ. 1992 гъэм УФ-м и Президентым Iэ щIидзащ Урысей Федерацэм ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэмрэ IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэмрэ къызэгъэпэщыным теухуауэ.
♦Къэзахъстаным щагъэлъапIэ Хэкум и хъумакIуэм и махуэр
♦1755 гъэм зэхэтащ Москва университетыр къызэрызэIуахым теухуа гуфIэгъуэ дауэдапщэхэр. Иджыпсту ар Ломоносов Михаил и цIэр зезыхьэ Москва къэрал университетырщ.
♦1780 гъэм Екатеринэ ЕтIуанэм Санкт-Петербург иритащ а къалэм хуригъэщIа гербыр.
♦1895 гъэм урыс инженер Попов Александр япэ радиоприемник къигупсысащ.
♦1927 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр радиом и япэ нэтынхэм щIидзащ.
♦1934 гъэм РСФСР-м иIэ хъуащ щIыналъэщIэ – Еврей автономнэ областыр.
♦1985 гъэм СССР-м и Министрхэм я Советым унафэ къищтащ фадафэхэм, фадэ IэрыщI щIэзыгъэжхэм ебэныным теухуауэ.
♦1985 гъэм Налшык Хэку зауэ орденым и япэ нагъыщэр къыхуагъэфэщащ.
♦1990 гъэм КъБР-м и Адыгэ Хасэ жылагъуэ зэгухьэныгъэр къызэрагъэпэщащ.
♦1840 гъэм къалъхуащ урыс композитор, дирижёр, зи IэдакъэщIэкIхэр цIыхухэм нобэми яфIэтелъыджэ Чайковский Пётр.
♦1861 гъэм къалъхуащ Индием щыщ тхакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ, Нобель и саугъэтыр зыхуагъэфэща Тагор Рабиндранат.
♦1903 гъэм къалъхуащ совет усакIуэ, зэдзэкIакIуэ Заболоцкий Николай.
♦1936 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щIэныгъэхэм я кандидат, КъБР-м щIыхь зиIэ и агроном Чэгъэду Владимир.
♦1940 гъэм къалъхуащ Адыгейм щыщ мэкъумэш лэжьакIуэ цIэрыIуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Инэмыкъуэ КIунац.
♦1950 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Балэ Иринэ.
♦1954 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Къудей Владимир.
♦1954 гъэм къалъхуащ «Адыгэ псалъэ» газетым жэуап зыхь и секретарым и къуэдзэ ДыщэкI Соня.
♦1957 гъэм къалъхуащ сурэтыщI ПщыхьэщIэ Хьэсэнбий.
Накъыгъэм и 8, щэбэт
♦Жор Плъыжьымрэ Мазэ Ныкъуэ ЩхъуантIэмрэ я дунейпсо махуэщ
♦Фэеплъымрэ зэкIужынымрэ я дунейпсо махуэхэщ. Ар хуэгъэпсащ ЕтIуанэ дунейпсо зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъым.
♦1945 гъэм фашист Германием псалъэмакъыншэу зыкъызэритыр къыщыгъэлъэгъуа кIэух актым Iэ щытрадзащ Берлин пэмыжыжьэ Карлсхорст щIыпIэм. А махуэр ТекIуэныгъэм и махуэу ягъэуващ.
♦1949 гъэм Германием и щыхьэр Берлин и Трептов-паркым къыщызэIуахащ а къалэм щыхэкIуэда совет сэлэтхэм я фэеплъ.
♦1965 гъэм СССР-м щагъэуващ «Къалэ-ЛIыхъужь» цIэ лъапIэр. А махуэ дыдэм а цIэр хуагъэфэщауэ щытащ Ленинград (иджы Санкт-Петербургщ), Сталинград (иджы Волгоградщ), Севастополь, Одессэ, Киев, Москва къалэхэм. Брест быдапIэм «БыдапIэ-ЛIыхъужь» фIащауэ щытащ.
♦1967 гъэм «Сэлэт МыцIыхум и Фэеплъ» архитектурнэ ансамблыр Кремлым и блыным деж къыщызэIуахащ.
♦1884 гъэм къалъхуащ США-м и 33-нэ президенту (1945 - 1953 гъэхэм) щыта Трумэн Гарри.
♦1936 гъэм къалъхуащ медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Нэгъуей Беслъэн.
♦1943 гъэм къалъхуащ Къэрэшей-Шэрджэсым щыщ, Урысейм щIыхь зиIэ и дохутыр Хьэжмусэ Лидие.
♦1947 гъэм къалъхуащ Мексикэм и къалащхьэ Мехикэ 1968 гъэм щекIуэкIа ХIХ Гъэмахуэ Олимп Джэгухэм лъакъуэрыгъажэмкIэ чемпион щыхъуа Шыхъуэ Борис.
♦1953 гъэм къалъхуащ химие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къущхьэ Хьэсбий.
♦1962 гъэм къалъхуащ урысей продюсер, режиссёр Тодоровский Валерий.
Накъыгъэм и 9, тхьэмахуэ
♦ТЕКIУЭНЫГЪЭ ИНЫМ И МАХУЭЩ
♦Щыпсэу щIыпIэхэр зыхъуэж бзухэм я дунейпсо махуэщ
♦Захуагъэм тету сату щIыным и дунейпсо махуэщ
♦Европэм и махуэщ
♦1944 гъэм Севастополь къалэр фашист зэрыпхъуакIуэхэм къыIэщIагъэкIыжащ.
♦1945 гъэм ягъэуващ «1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм Германием зэрыщытекIуам папщIэ» медалыр.
♦1994 гъэм Жуковым и орденымрэ Жуковым и медалымрэ ягъэуващ.
♦2006 гъэм Урысейм къыщащтащ «Дзэ щIыхьым и къалэ» цIэ лъапIэр.
♦1910 гъэм къалъхуащ режиссёр, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Мыд Хьэжмусэ.
♦1912 гъэм къалъхуащ адыгей тхакIуэ, зэдзэкIакIуэ Куэстэнэ Дмитрий.
♦1918 гъэм къалъхуащ адыгей драматург, прозаик Щхьэплъокъуэ Хьисэ.
♦1924 гъэм къалъхуащ усакIуэ, тхакIуэ, композитор, СССР-м и Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща, Хэку зауэшхуэм хахуэу хэта Окуджавэ Булат.
♦1927 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, УФ-м щIыхь зиIэ и связист Ефэнды Батий.
♦1931 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Пэнагуэ Азэмэтджэрий.
♦1933 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Сэкрэк Мухьэдин.
♦1943 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Атэлыкъ Къэралбий.
♦1958 гъэм къалъхуащ шэрджэс бзэщIэныгъэлI, ЩIДАА-м и академик, КъШР-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Иуан Зэуал.
♦1967 гъэм къалъхуащ урысей актёр, режиссёр, продюсер Бондарчук Фёдор.
Накъыгъэм и 10, блыщхьэ
♦Беларусь Республикэм и къэрал ныпымрэ гербымрэ я махуэщ
♦1906 гъэм Урысейм и япэ Къэрал Думэм лэжьэн щIидзащ.
♦1917 гъэм Урысейм и Тхылъ палатэр къызэрагъэпэщащ.
♦1978 гъэм Одессэ техын щыщIадзащ «Место встречи изменить нельзя» фильмыр, совет цIыхубэм нэхъыфI дыдэу ялъагъухэм ящыщ хъуауэ щытар.
♦1916 гъэм къалъхуащ Совет Союзым и ЛIыхъужь Къуэныкъуей Назир.
♦1929 гъэм къалъхуащ усакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ХьэIупщы Лолэ.
♦1930 гъэм къалъхуащ педагогикэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, АПСН-мрэ ЩIДАА-мрэ я академик, УФ-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ, Адыгэ Республикэм щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Бузар Ким.
♦1937 гъэм адыгэ литературовед, критик, филологие щIэныгъэхэм я доктор, ЩIДАА-м и академик, АР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Мамий Руслан.
♦1937 гъэм къалъхуащ адыгэ усакIуэ ХьэцIыкIу Хьэсэн.
♦1938 гъэм къалъхуащ жылагъуэ лэжьакIуэ, Бахъсэн щIыналъэм и Адыгэ Хасэм и тхьэмадэу щыта Шапсыгъ Хьэсэн.
♦1938 гъэм къалъхуащ франджы актрисэ, уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, Высоцкий Владимир и щхьэгъусэу щыта Влади Маринэ.
♦1944 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор Щоджэн Мухьэмэд.
♦1945 гъэм къалъхуащ философие щIэныгъэхэм я доктор, Адыгей къэрал университетым и профессор Понэж Увжыкъуэ.
♦1948 гъэм къалъхуащ усакIуэ Къуныжь ХьэIишэт.
♦1955 гъэм къалъхуащ «Что? Где? Когда?» джэгу-зэпеуэм и магистр, теленэтынхэр езыгъэкIуэкI Друзь Александр.
♦1956 гъэм къалъхуащ тележурналист, ОРТ телеканалым и япэ унафэщIу щыта Листьев Владислав.
♦1967 гъэм къалъхуащ медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, Ингуш Республикэм щIыхь зиIэ и дохутыр Аслъэн Ахьмэд.
Накъыгъэм и 11, гъубж
♦868 гъэм Китайм къыщыдагъэкIащ зэрыбкIэ тедза япэ тхылъыр.
♦1927 гъэм США-м къыщызэрагъэпэщащ киногъуазджэмкIэ академие. Къэралым щытраха фильм нэхъыфIхэм щыджэгуахэми абыхэм елэжьахэми «Оскар» саугъэтыр иратыныр къыхэзылъхьар аращ.
♦1934 гъэм КъБР-м ПромышленностымкIэ и управленэ къызэрагъэпэщащ.
♦1939 гъэм Халхин-Гол (Монголие) псым деж IэщэкIэ щызэпэщIэуващ СССР-мрэ Япониемрэ я дзэхэр.
♦1945 гъэм советыдзэхэм хуит къащIыжащ Чехословакием и щыхьэр Прагэ.
♦1949 гъэм Израилыр Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм (ООН) хыхьащ.
♦2014 гъэм Донецк ЦIыхубэ Республикэм щекIуэкIащ езыхэм я къэралыгъуэ яIэжыным унафэ щытращIыхьа референдум.
♦1810 гъэм къалъхуащ урыс сурэтыщI, Петербург художествэхэмкIэ и академием и вице-президенту щыта, Кавказым мызэ-мытIэу щыIа икIи ди щIыналъэм, ди цIыхухэм ятеухуа сурэтхэр зыщIа Гагарин Григорий.
♦1864 гъэм къалъхуащ Ирландием щыщ тхакIуэ, «Овод» роман цIэрыIуэр зи IэдакъэщIэкI Войнич Этель Лилиан.
♦1904 гъэм къалъхуащ Испанием щыщ сурэтыщI цIэрыIуэ, тхакIуэ Дали Сальвадор.
♦1921 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Евтушенкэ Николай.
♦1931 гъэм къалъхуащ философие щIэныгъэхэм я доктор, профессор АфэщIыж Марат.
♦1937 гъэм къалъхуащ куржы кинорежиссёр, актёр, Куржым и цIыхубэ артист Шенгелая Георгий.
♦1961 гъэм къалъхуащ къэрал къулыкъущIэ, УФ-м къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министр, Урысей Федерацэм и полицэм и генерал, юридическэ щIэныгъэхэм я доктор Колокольцев Владимир.
♦1963 гъэм къалъхуащ урысей продюсер, композитор цIэрыIуэ, усакIуэ Меладзе Константин.
♦1969 гъэм къалъхуащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI, республикэм щIыхь зиIэ и экономист Мусуков Алий.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Уи анэ къимылъхуар уи дэлъхукъым,
уи дэлъху къимышари уи нысэкъым.
Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1907.txt"
} |
ХузэфIэкI псори къытхуэзыщIэу хуэфащэ пщIэ зымыгъуэтыжа адыгэ узэщIакIуэ
Зэхуэдэ IыхьитIу Налшык зэгуигъэзу зы уэрам щыIэщ. Абы и зы кIапэр Къэбэрдей уэрамым йоуалIэ, адрейр университетым и деж щеух, ут цIыкIу къигъэщIу. Ар езыри кIыхькъым и лъэныкъуитIымкIи нэхъыбэу узыIуплъэр зауэ нэужь лъэхъэнэхэм яухуа, къатитI-щыуэ зэтет унэхэрщ. Апхуэдэу щытми, ар къалэм и уэрам нэхъ дахэхэм ящыщ зыуэ ябж, цIэ зэрихьэми хуэфащэу псоми къалъытэ.
Нэгумэ Шорэ и цIэр абы щыфIащар (япэм ПочтовэкIэ еджэу щытащ) 1944 гъэрщ, япэ лъэпкъ узэщIакIуэ телъыджэр къызэралъхурэ илъэсищэ щрикъуа илъэсырщ. Абы иужькIэ республикэм унафэ къыщащтащ щIэныгъэлIым и къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр къыдагъэкIыну икIи, дыщымыуэмэ, и фэеплъ сын екIу Пединститутым и гупэм щыхуагъэувыну. ИужькIэ а утым и кур мывэкIэ хъурейуэ къагъэтIылъыхьащ, илъэс къэс удз гъэгъахэр щыха-сэ, хъарзынэуи зэрахьэ, ауэ илъэс блыщIым щIигъуауэ ар зэрынэщIу щытщ, а зы лIы ныбжьым къриубыдэу парт унафэщI, тхакIуэ, усакIуэ Iэджэм къалэм и щIыпIэ щхьэхуэхэм сын къекIухэр щыхуагъэува пэтми. Япэ узэщIакIуэм и фэеплъ сын гъэувыныр апхуэдизу кIыхьлIыхь щIащIари ар абы къимылэжьауэ, хуэмыфащэу къыщIалъытэри гурыIуэгъуащэкъым. И зэманым елъытауэ бгъэдэлъа щIэныгъэкIи (и анэдэлъхубзэм нэмыщI абы хамэ лъэпкъыбзиплI ищIэу щытащ), хэлъа лIыгъэкIи, гумызагъагъкIи, зыхилъхьэ щымыIэу илъагъу и лъэпкъым къалэн зэмылIэужьыгъуэкIи телъыджэлажьэ хуигъэзэщIакIи Нэгумэ Шорэ зэбгъапщэрэ зэплъыт хъунрэ адыгэхэм къахэкIакъым. Ар дэнэ къэна, Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэм, дагъыстанхэм я гугъу умыщIмэ, а илъэсхэм апхуэдэ къэхутэныгъэ лэжьыгъэ ищIэныр зыхузэфIэкIа щIэныгъэлI яIэкъым.
А узэщIакIуэ хьэлэмэтырщ ХIХ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэ дыдэхэм, и гуащIэгъуэу Урыс-Кавказ зауэр щекIуэкI илъэс псэзэпылъхьэпIэхэм, лъэпкъ гъэкIуэду, емынэ узу къыдалъхуахэм къащхьэщыхьа пшэ фIыцIэр ящхьэщыхыным, ахэр зыхэт кIыфIыгъэ шынагъуэм къыхэшыным япэу егупсысу щIэзыдзар, а насыпыншагъэхэм я хэкIыпIэр зэхэгъэкIыным яужь ихьар. ИпэIуэкIэ Европэмрэ Урысеймрэ щызэфIэува узэщIыныгъэм ижь уэр къызэрыщIихуам и щыхьэту, абы къелъытэ апхуэдэ зэфIэкI зыбгъэдэлъу щыIэр щIэныгъэм и закъуэу зэрыщытыр. А Iуэху еплъы- кIэм емыпцIыжу, хуэпэжу и псэр пытыху ар тетащ, хэбгъэзыхьмэ, и гъащIэр зэрыщыту зыщIитар аращ. Абы хьэкъыу пхыкIат къыдалъхуахэр щIэныгъэм и лъэныкъуэ хъумэ, ар зыIэрагъэхьэмэ, зыхэт гъащIэ дыджым ахэр къыхэкIыфыну, щхьэхуитыныгъэ нэс яIэрэ зыхуей ягъуэту псэууэ щIадзэну.
Iуэху ирихьэжьахэм япэу лэжьыпхъэри абы тэмэму еубзыху - ар лъэпкъыбзэм алфавит хузэхэлъхьэнырт. Ар зэбгъэпэщыныр тынштэкъым, абы лъабжьэ хуэпщIыныр щыуагъэншэуи къэхутэн хуейт. Зыщыгъуазэхэм абы япэщIыкIэ къыхихыр хьэрып алфави- тырщ, адыгэбзэм макъыу иIэхэр игъэзэгъэным гугъуехьищэр пыщIами. Зэрыхуэбгъэфащэ хъунумкIэ, 1825 гъэм абы зэхилъхьа, урыс усакIуэ Нечаев Сергей зи гугъу ищI и алыфбейми, тхыгъэ зэридзэкIахэми, и Iэдакъэ къыщIэкIа и усэ-поэмэхэми щIэныгъэлIым къыщигъэсэбэпар хьэрып алфавитым тещIыхьа тхыбзэрщ. Ауэ иужькIэ, урысыбзэм нэхъ куууэ щыгъуазэ зыщыхуищIым, Нэгумэм и Iуэху еплъыкIэм зехъуэж - и лъэпкъыр зыхэс къэралыгъуэм и алфавитыр и анэдэлъхубзэм къыщигъэсэбэпым къыдалъхуахэм нэхъ къазэрыщхьэпэнур къыгуроIуэ. ЩIэуэ зэхилъхьа тхыбзэм ипкъ иткIэ, адыгэ узэщIакIуэм лъэпкъыбзэм и алыфбей етIуанэу зэхелъхьэ. Тхыбзэ зэбгъэпэщ, алыфбей зэхэплъхьэ къудейкIэ лъэпкъ щIэныгъэр зэрызэфIэмыувэнур къызыгурыIуэ узэщIакIуэр иужькIэ ерыщу йолэжь анэдэлъхубзэм и грамматикэми, арыншамэ лъэпкъыбзэр сабийхэм пхуегъэщIэнкIэ Iэмал зэримыIэр къызэрыгурыIуам и щыхьэту.
КъэхутакIуэ къудейуэ зэрыщымытыр игъэбелджылыуэ, щIэныгъэлIым еджапIэ Налшык къыщызэIуихыну яужь йохьэ. А еджапIэм и къалэнымрэ анэдэлъхубзэм щиубыдын хуей щIыпIэмрэ фIыуэ щыгъуазэ урыс офицер Россильон а илъэсхэм мыр итхыгъащ: «… Зэман дэкIмэ, къалэн нэхъыщхьэ дыдэу а училищэм къыпэщытыр къэбэрдеибзэр щегъэджынырщ, ар блэжь щыхъунури къэбэрдеибзэм и тхыбзэмрэ грамматикэмрэ зэхэзылъхьэ поручик Бекмурзин Шорэ иригъэкIуэкI лэжьыгъэхэр хабзэ гуэрхэм иувэрэ ахэр иухмэщ».
Жыжьэ плъэф, къэкIуэнур къэзыхутэф щIэныгъэлI губзыгъэм а зэман зэхэмыбзхэм къыгуроIуэ къэхъу бгырыс щIалэгъуалэм я анэдэлъхубзэм и мызакъуэу, зыхэс къэралыгъуэм и бзэри Iэмал имыIэу ящIэн зэрыхуейр. Нэхъ гугъуехьыншэу, тыншу урысыбзэр зэрагъэщIэн папщIэ, а илъэсхэм абы зэхелъхьэ лъэпкъ тхыдэм щыяпэ, псалъэ миниплIым щIигъу зыхыхьэ «Къэбэрдей-урыс псалъалъэр». И зэманым къагъэсэбэпыну хунэмысами, пщIэ лей зыхуэщIыпхъэ а лэжьыгъэм и фIыгъэкIэ къызэтенащ, ди деж къэсыжащ илъэс щитI ипэкIэ абы ихуа псалъэхэр къызэрапсэлъу щытар, лъэпкъыбзэм хэмытыж, жьы хъуа псалъэ куэд, языныкъуэхэм зэхъуэкIыныгъэ ягъуэтахэр. Анэдэлъхубзэм теухуауэ и Iэдакъэм къыщIэкIа лэжьыгъэхэм языхэзи къыдэкIауэ абы илъэгъуакъым, абыхэм ящыщ куэди къызэтенакъым, уеблэмэ и грамматикэмрэ псалъалъэмрэ дунейм къыщытехьар ди лъэхъэнэрщ, ауэ иджыкIэ дызыщыгъуазэхэми нэрылъагъу къыпщащI ахэр адыгэ бзэщIэныгъэм и къежьапIэу, кIуэд зимыIэ и хэлъхьэныгъэу зэрыщытыр. А зым фIэкI имыщIами, а япэ лъэпкъ еджагъэшхуэм и цIэ лъапIэр къыдалъхуахэм ягу, я псэ щагъафIэу лIэщIыгъуэкIэрэ щIилъын щхьэусыгъуэ яIэщ.
ЩIыпIэ нэщIым лъэпкъ щIэныгъэр щызыгъэувыну яужь ихьа дэтхэнэ зы узэщIакIуэми куэд илэжьын хуей мэхъу. Нэгумэми пасэу къыгуроIуэ анэдэлъхубзэм теухуауэ иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм я закъуэ къудейкIэ Iуэхур зэрызэфIэмыкIынур, я бзэм и мызакъуэу, къэхъу щIэблэщIэм къызыхэкIа лъэпкъым и тхыдэри куууэ ящIэныр зэракъалэныр. ИпэкIэ ар зэфIигъэувэжыну зыри яужь зэримыхьам къыхэкIкIэ, ар блэжьынри тынштэкъым. Лъэпкъ тхыдэр тхыгъэу щымыIэми, щIэныгъэлIым япэу гу лъетэ къыдалъхуахэм къадэгъуэгурыкIуэ таурыхъ-хъыбархэм, тхыдэ уэрэдыжьхэм ар зэрахъумам, къызэрыхэщыжым, урыс, хамэ лъэпкъхэм я лIыкIуэ куэдым я лэжьыгъэхэм ар къызэрыщызэтенам. Ахэр тегъэщIапIэ ещIри абы етх «Адыгэ народым и тхыдэ» тхылъ цIэрыIуэр. Урыс тхыдэ щIэныгъэм и Iуэху еплъыкIэхэм тету зэхэлъхьа а лэжьыгъэ гъуэзэджэм япэу щызэфIэгъэувэжащ адыгэ лъэпкъым къикIуа гъуэгуанэ хьэлъэр, ар къызытехъукIар, абы и гъащIэм къыщыхъуа Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэр, и щхьэхуитыныгъэм папщIэ бэнэныгъэ иригъэкIуэкIар, къыдалъхуахэм я псэукIар, хабзэ, хьэл-щэн хьэлэмэт яхэлъахэр. Ар къызэрыдэкIыу, и пщIэр зэрылъагэр къагурыIуэри, нэмыцэбзэкIэ зэрадзэкIащ, тхылъ щхьэхуэу Германием дунейм къыщытехьащ, тхыдэм елэжь урыс щIэныгъэлIхэм щытхъу псалъэ куэд хужаIащ. Абы и мыхьэнэр нобэр къыздэсым зыкIи нэхъ лъахъшэ хъуакъым, иджырей лъэпкъ еджагъэшхуэхэм ар ехьэжьауэ ноби къагъэсэбэп, еджапIэхэм щадж.
Япэ лъэпкъ узэщIакIуэхэм куэд яхэткъым щIэныгъэм иращIэкI лэжьыгъэхэм я щIыIуж-кIэ, художественнэ псалъэм и мыхьэнэр, и зэфIэкIыр къызыгурымыIуэ, сыт хуэдэ жанрым итми, анэдэлъхубзэкIэ япэ тхыгъэхэр зэхэзымылъхьэ. Бзэмрэ тхыдэмрэ елэжьу зэрыщытам и щIыIужкIэ Нэгумэ Шорэ усакIуэуи щытащ. Арагъэнщ СССР-м и академием пасэу гу зэрылъитамкIэ, ар адыгэ художественнэ литературэм и къежьапIэу щытауэ, абы и лъабжьэр игъэтIылъауэ къыщIалъытэр. Шэч къытумыхьэжу ар фIэщ къыпщащI адыгэ узэщIакIуэм дэлэжьа, фIыуэ зыцIыхуу щытахэм къагъэна я гукъэкIыжхэм- рэ тхыгъэхэмрэ. Адыгэ щIэныгъэлIым 1825 гъэм Псыхуабэ нэIуасэ къыщыхуэхъуа урыс усакIуэ Нечаев Сергей зэритхыжамкIэ, «Абы зэхелъхьэ поэмэ цIыкIухэр … ахэри и лъэпкъэгъухэм зэрагъэщIэфыркъым, жьэкIэ къаIуатэрэ мащIэурэ ягу ирамыубыдэмэ».
Илъэс пщыкIутI дэкIа нэужь, а гупсысэр зэрыпэжыр игъэбыдэу, ныбжьэгъу нэсу абы иужькIэ къыхущIэкIа, и деж щыхьэщIа урыс академик Шегрен Андрей и письмохэм ящыщ зым мыр щитхыгъащ: «…Нэгумэр усакIуэ ерыщщ, си деж ар нэхъыбэм зэлэжьыр усэхэрщ, языныкъуэм езым и IэдакъэщIэкIхэрщ, адрейхэм урыс тхыгъэ зэридзэкIхэрщ. Ар хьэзырщ нэху щыху езым и усэхэм къеджэну е нэгъуэщIхэр зэридзэкIыну». УзэщIакIуэр зэрыусакIуэр щIигъэбыдэу, Шегрен и фIыгъэкIэ ди деж къэсыжащ «Хъуэхъу» зыфIища и тхыгъэ закъуэр. Языныкъуэ щIэныгъэлIхэм художественнэ зэфIэкI мыкIуэщIыж абы зэрыбгъэдэлъар щалъагъу «Адыгэ народым и тхыдэ» тхылъ цIэрыIуэми и грамматикэм хуищIа псалъащхьэ гъэщIэгъуэнми.
Адыгэ узэщIакIуэ цIэрыIуэм и цIэр куэд щIауэ ирапх урыс усакIуэ телъыджитIым - Пушкин Александррэ Лермонтов Михаилрэ. Абыхэм яку дэлъа зэпыщIэныгъэм, зэрызэдэлэжьам щIэныгъэлI Iэджэ тетхыхьащ, лэжьыгъэ куэд, тхылъ щхьэхуэхэр траухуащ. Апхуэдэ Iуэху еплъыкIэр зыфIэкъабылхэм я бжыгъэр мащIэ хъуркъым, пыухыкIауэ абыхэм я цIэхэр къидмыIуэми. Абыи къыщымынэу урыс литературэм и тхыдэм елэжь щIэныгъэлI щхьэхуэхэм (Комарович Василий) хуагъэфащэ «Тазит» поэмэм и лIыхъужь нэхъыщхьэр Пушкин Александр адыгэ узэщIакIуэм къытрищIыкIауэ.
Къэхутэныгъэ иригъэкIуэкIхэм я фIыгъэкIэ Нэгумэ Шорэ урыс, хамэ лъэпкъ щIэныгъэлI зыбжанэм цIыхугъэ яхуэхъуащ (Нечаев Сергей, Бессе, Грацилевский Сергей, Шармуа Франц, Шегрен Андрей). Ди деж къэсыжа абыхэм я гукъэкIыжхэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, ар гъэсэныгъэ нэс, хьэл-щэн къекIу зыхэлъ, щIэныгъэ куу зыбгъэдэлъ, къыдалъхуахэр зыхэт кIыфIыгъэм къыхэшыныр гъащIэ къалэн зыхуэзыщIыжа лэжьакIуэ емызэшыжу щытащ. Абы иIа мурад лъагэхэр нэсу къызыгурыIуари, и псэм и къабзагъэр зэхэзыгъэкIари, гу къабзэм къыбгъэдэкI псалъэ гуапэкIэ ар япэу зыгъэлъэпIари, Iэрытх къыщIэнахэр зыри хэмыщIу тхуэзыхъумари академик Шегренщ. Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и министерствэм зэрызыхуигъэза и письмом абы щитхыгъащ: «Дунейм ехыжа … Бекмурзин Шорэ … лъагъуныгъэ къабзэ щIэныгъэм зэрыхуиIэм папщIэ, щIыхь лъагэ зыхуэщIыпхъэ цIыхущ. ПсэхупIэ къезымыт и лэжьыгъэхэмкIэ ар къызыхэкIахэм я зэхэщIыкIыншагъэр ящхьэщихыну яужь итащ икIи абы и лъэныкъуэкIи къыдалъхуахэм нобэр къыздэсым щыяпэ икIи щизакъуэ щапхъэ яритащ».
Зыхилъхьэ щымыIэу илъагъу и лъэпкъым и гугъуехьрэ и псэ дыдэрэ емыблэжу хуищIахэм языхэзми папщIэ япэ лъэпкъ узэщIакIуэ щэджащэм и лъэпкъэгъухэм лIэщIыгъуэкIэрэ щIагъэлъэпIэн щIыхь къыщилэжьащ. Зыми жиIэркъым къыдалъхуахэм япэ узэщIакIуэм и цIэр ящыгъупщэжауи, блэкIа зэманхэм хуащIа щIагъуэ щымыIэуи. Совет лъэхъэнэм и илъэсхэм абы и цIэр къаIэтыжащ, и лэжьыгъэхэр зэрыт тхылъитI япэу къыдэкIащ, «Адыгэ народым и тхыдэр» урысыбзэкIи къэбэрдеибзэкIи куэдрэ дунейм къытехьащ, лэжьыгъэ куэд, тхылъ щхьэхуэ- хэр абы траухуащ, Налшык и уэрамхэм ящыщ зым и цIэр фIащащ. Ауэ щIэныгъэлI гъуэзэджэр дунейм зэрехыжрэ лIэщIыгъуитIым нэблэгъащи, хуэтщIэфынум и нэхъыщхьэр - фэеплъ сын екIу хуэдгъэувыныр - нобэр къыздэсым тхузэфIэкIакъым. Абы теухуауэ нэхъ пасэхэм, дыщымыуэмэ, тIэунейрэ зэпеуэ ирагъэкIуэкIащ. Зыгуэрхэр къыхах хуэдэ защIащ, ауэ зыри кърикIуакъым. Ноби сыныр здэщытын хуей утыр зэрынэщIщ.
Адыгэ тхыбзэр япэу зэзыгъэпэщам, анэдэлъхубзэм и грамматикэр зэхэзылъхьам, зи лъэпкъ тхыдэр зэфIэзыгъэувэжам, абы и художественнэ литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъам хуэфащэ пщIэрэ щIыхьрэ нобэр къыздэсым зэримыгъуэтыр къезэгъыркъым, лъэпкъ напэми къекIуркъым. Зэгуэрым Пушкин итхыгъащ: «Лъэпкъым къыхэкIа и цIыху щэджащэхэр зымыгъэлъэпIэфыр лъэпкъ щIагъуэкъым». Лъэпкъ гъунэгъухэм къызыхэкIар зымыщIэжхэм, зи щхьэ пщIэ хуэзымыщIыжхэм дыхамыбжэн щхьэкIэ, къыдалъхуахэм апхуэдиз къалэн хуэзыщIа цIыху псэемыблэжым гулъытэ нэхъыбэ икIэщIыпIэкIэ хуэтщIыныр къытпэщытщ. Нэгумэ Шорэ хуэдэ зимыIэхэм диIащэрэт жаIэ, абы хуэдэм я нэ къахуокI. Дэ диIэщи, хуэфащэ хуэтщIэфыркъым.
ЗэрыгурыIуэгъуэщи, дызэрыт зэманыр тыншкъым. Iуэху гугъухэр къэралым къыпэщытщ, ахъшэр псоми къомэщIэкI. Мылъку зэхэдзэм къыхэкIыу абы сын хуагъэувыным ди гугъэр щыхэтхыжакIэ, ди Iэ зэтедзауэ дыщысынри тэмэмкъым, тхуэфащэкъым. Къалэну дэ къытпэщытщ нэгъуэщI хэкIыпIэхэр къэдгъуэтыныр. Лъэпкъым и цIыхухэм зэхадзэ мылъкукIэ апхуэдэ фэеплъ сынхэр, мэжджытхэр, члисэхэр пасэми ди зэманми щIыпIэ куэдым щагъэув, щаухуэ, адыгэ унагъуэ къэс сом зыбгъупщI зэхадзэныр лъэпкъым и цIыхухэм егъэлеяуэ къатехьэлъэну къыщIэ-кIынкъым. Ар лэжьыныр хъунущ и пщэ дилъ-хьэ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм, е КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм, е цIыху гупым.
Пасэм лъэпкъым гурэ-псэкIэ хуэлэжьа цIыху пэрытхэм я пщIэр нэгъуэщI IэмалхэмкIи къэпIэт, бгъэлъапIэ хъунущ. ТхылъымпIэ къызэтенахэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, Налшык япэу къыщызэIуаха анэмэт еджапIэм и унафэщIуи и егъэджакIуэуи Нэгумэ Шорэ щытащ. ИужькIэ абы къызэригъэпэщыну зи ужь ихьа училищэм ар и тхьэмадэу ягъэувыну мурад зэраIами шэч хэлъкъым. Ауэ, гъэщIэгъуэныракъэ, Налшык нобэ дэт еджапIэхэм ящыщ зым абы и цIэ зэрихьэркъым, ди хэку зэи къимыхьа куэдым я цIэхэр фIащами. Япэ узэщIакIуэ телъыджэм и цIэр фIэпщ хъунут Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей- Балъкъэр къэрал институтым, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым филоло-гиемкIэ и институтым, мыхъужыххэми, педколледжым. Япэ лъэпкъ щIэныгъэлIым и щIы-хьыр нэхъ къиIэтынт институтымрэ университетымрэ зэгъусэу илъэс зыщыплI къэс зэ пыухыкIауэ абы теухуа щIэныгъэ кон-ференц ирагъэкIуэкIыу щытами. Иужьрей илъэсхэм хэпщIыкIыу япэ узэщIакIуэм нэхъ гущIыIэ хуэхъуауэ къыпщохъу лъэпкъ тхакIуэхэри, сурэтыщIхэри, скульпторхэри: дыщымыуэмэ, щIэныгъэлIым теухуауэ абыхэм я Iэдакъэ зэманыфI хъуауэ зыри къыщIэкIыжакъым.
Къэхъун-къэщIэнхэр къэзыхутэф цIыху акъылыфIэу Нэгумэ Шорэ зэрыщытар белджылы къыпщещI лъэпкъ тхыдэм и зэман псэзэпылъхьэпIэхэм къыпхрыплъыфу къыдалъхуахэр нэплъэжыгъуэ зэрихуэнур абы къызэрихутами. Псалъащхьэ хьэлэмэтыщэ и грамматикэм абы хуищIам мыр щыжиIэгъащ: «Сэ си лэжьыгъэм щыщIэздзам, хьэкъыу си гум пхыкIа Iуэхугъуэм къызжиIэрт бгырыс мыгъасэм гъащIэр зыгъэфIэрафIэ гугъапIэр - нэхугъэр - игу къридзэну: абы щIэныгъэр фIыуэ щилъагъуну зэманыр, дэ псоми щIэныгъэм, тхылъым, тхыгъэм зыщеттыну лъэхъэнэр къэсыну… ЩIэныгъэ зыхэлъ цIыхухэм къагуэзыгъэкI псори зэхинэу, фIыгъэмрэ щIэныгъэмрэ си хэкум зыщритыну дакъикъэ IэфIым нэсыху сэ сымыпсэункIи, ар сымылъагъункIи хъунущ. О! А зэман дахэр къэсатэмэ, сыту гуфIэгъуэ куэд си псэм итIанэ къыщыукъубеинут».
А зэман жыжьэхэм апхуэдэ гурыщIэ къабзэхэр зи лъэпкъым хузиIа узэщIакIуэ телъыджэм ирихьэжьа лэжьыгъэхэрщ ди зэманым къыдалъхуахэм ехъулIэныгъэ хьэлэ- мэт зыIэрагъэхьахэр зи фIыщIэр, ахэр абы и дежщ къыщежьар. Аращ зыщымысхьыжу хузэфIэкI псори къытхуэзыщIа япэ лъэпкъ щIэныгъэлI щэджащэм хуэтщIэр тфIэмащIэу, и щIыхьыр къэIэтыным сыт щыгъуи дытелажьэу, и цIэ лъапIэр лъэпкъым дэтхэнэ и зы цIыхуми и гум щигъафIэу щытын щIыхуейр.
ХьэкIуащэ Андрей
Нэгумэ Шорэ
ХьэкIуащэ Андрей, КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, ЩIДАА-м и академик.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1908.txt"
} |
Дэгу Чэрим
Зеикъуэ къуажэм къыщалъхуа, щыпсэу Дэгу Чэрим ТIымышэ и къуэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым физикэмрэ математикэмкIэ и къудамэр къиухащ. Илъэс 20-м нэблагъэкIэ егъэджакIуэу лэжьащ, иужькIи илъэс 16-кIэ Зеикъуэ щыIэ интернат-школым и унафэщIу щытащ. Мы зэманым ХьэтIохъущыкъуей дэт кIэдет школым и офицер-гъэсакIуэщ. Зыхуеджар физикэ пэтми, Чэрим усыгъэр и хамэкъым. Куэд щIауэ абы дехьэх, ауэ и IэдакъэщэкIхэр зэи утыку кърихьакъым. Нобэ тыдодзэ Дэгу Чэрим и усэ зыбжанэ.
Хьэрэ-Кхъуэрэ
Бгым нэхъ дахэр Хьэрэ-Кхъуэрэщ,
Ар Зеикъуэ къыщхьэщытщ.
Жэщи махуи, щIыми гъэми,
Ди хъумакIуэщ ар, ди плъырщ.
ФIыуэ слъагъур сэ си гъусэу
ЗыплъыхьакIуэ дынэкIуат.
А уи бгыщхьэм деж дытесу
Ди гухэлъхэр зэжетIат.
ГъащIэу диIэр дызэгъусэу
Зэдэтхьыну мурад тщIат.
Зым Iэпыхур зым къищтэжу
Дыпсэуну тедухуат.
Бгым нэхъ дахэр Хьэрэ-Кхъуэрэщ,
Щыхьэт лъэпкъ абы хуэмей.
Нобэ фIыуэ слъагъум сэрэ
Дыщопсэу бгы лъапэм деж.
МакIуэ гъащIэр, мэщIэращIэ,
Хьэрэ-Кхъуэрэ къыткIэлъоплъ.
Ди мурадхэр дахэ защIэщ,
Ди жагъуэгъухэр къытхукъуоплъ.
Игъуэ нэсрэ дытекIыжмэ
Уэрэ сэрэ мы дунейм,
Къахуренэ ди фэеплъу
Хьэрэ-Кхъуэрэ ди пщэдейм!
ГушыIэ
«Си псэ» жысIэу, содэхащIэу
Сопсэлъэну сэ сыхуейт.
Ауэ щыхъукIи, сигу хагъащIэу
Псалъэ къэбдзхэм сахуэмейт.
Нэ фIыцIитIым къащIих нурым
Си гуи си пси дахьэхащ.
А уи хъуэрхэм сэ аргуэру
Сигу тхьэмыщкIэр сфIыщIахащ.
Псалъэ къэскIэ сырщ я нэзыр,
Шабзэ папцIэу си гум пхедз.
Хъуну щытмэ, дыджрэ зэзу
Уи хъуэрыбзэхэр къомыдз…
Псалъэ дахэу ныбжесIахэр
Уи хъуэрыбзэм тепщэ хъуащ.
Псалъэ IэфIу къызжепIахэр
Си гум щыдэжын хуэхъуащ.
Псалъэ папцIэхэр зэщIэкъуэ,
Хэдзи псори псым егъэхь.
ГъащIэу диIэр, си псэ закъуэ,
Дызэгъусэу Тхьэм дигъэхь!
Бахъсэн
Блож си къуажэм псы дахащэ,
Псоми ящIэ - ар Бахъсэнщ.
И къежьапIэр Iуащхьэмахуэщ.
Зыхэхуэжыр Тэрчыжь псырщ.
Сыхуейт стхыну усэ дахэ
Сэ ди псышхуэм теухуауэ.
Нартсанэпсхэр зэхуэсахэу,
Зэрежэхыр Бахъсэн псышхуэу.
Абы цIыхухэм къарит нэхур
Хэслъхьэфами здэнут усэм.
Е и куэщIым щипI бдзэжьейхэм
Тезухуэн атIэ гупсысэр?
СыIусщ куэдрэ Бахъсэн Iуфэ,
СыкIэлъыплъу и къэжэкIэм.
Зэхызохыр, псым щыщ сефэм,
И уэрэдхэр, и къебжэкIхэр.
Макъ жьгъырууэ и псы къелъэм,
И толъкъунхэм сыдахьэхыр.
Ар щежэхкIэ, и пшыналъэм
Сщегъэгъупщэ сигу телъ хьэлъэр.
Даущ дахэм сыщIэдэIуу,
Дыгъэр бгыжьхэм ягъэпщкIуж…
Сэ гупсысэм чэф сищIауэ,
Къуажэм хуэму сыдокIыж.
Си адыгэ лъэпкъ
Сэ согушхуэ - сыадыгэщ!
Сыщалъхуащ уи лъахэм, ей.
ФIыщэу слъагъуу зым хуэмыдэ -
Си адыгэ лъэпкъ!
Сигу хагъахъуэ уи къуршыжьхэм,
Уи мэз Iувхэм, псыхэм, ей.
Зи щIыуэпсыр псом нэхъ дахэ,
Си адыгэ лъэпкъ!
Сыропагэ уи лIыхъужьхэм,
Хэкур зыхъумахэм, ей.
Адыгэшми сыропагэ,
Си адыгэ лъэпкъ!
Сигу щIоуз ди къуэш хэхэсхэм,
Тенджыз фIыцIэм щIэлъхэм, ей.
Гуауэ куэд зи нэгу щIэкIауэ,
Си адыгэ лъэпкъ!
Гъэ мин бжыгъэхэр уи тхыдэщ,
Бохь уи гъащIэр гъэру, ей.
Хуитыныгъэр зи хъуэпсапIэ,
Си адыгэ лъэпкъ!
Бэлыхь куэд телъащ уи цIыхухэм,
Икъухьащ уи бынхэр, ей!
Лъэпкъыу щыIэм я нэхъ дахэ,
Си адыгэ лъэпкъ!
Тхьэм солъэIу зы дищIыжыну,
Уи хабзэжь щIэинкъэ, ей.
ФIыщэу слъагъуу зым хуэмыдэ,
Си адыгэ лъэпкъ!
Зеикъуэ
ЛIэщIыгъуиплI зи ныбжь Зеикъуэ
Щыщщ зы къуажэу Къэбэрдейм.
ЛIы Iущ куэд щалъхуащ Зеикъуэ
ЩыцIэрыIуэу Къэбэрдейм!
Дыриплъэжмэ уэ уи тхыдэм,
ХьэтIохъущыкъуей Ипщэ,
КъыщIохьэж блэкIар ди нэгум,
Хъункъым ар тщыгъупщэ!
Кърым хъаным и дзэ фIыцIэм
ЩIалэгъуалэу иришахэр.
Я псэ яхь пэт Истамбылым,
Тенджыз ФIыцIэм хэкIуэдахэр.
Кърым хъаным и зауэлIхэм
Къанжал къуакIэм дэзыдзахэр,
ЗэрыпхъуакIуэ фашистыжьхэр
Хьэрэ-Кхъуэрэ щызукIахэр.
Ди колхозыр, ди совхозыр
Зэш ямыщIэу зыIэтахэр.
Ди щIэблэщIэр зыгъэсауэ
Къуажэ егъэджакIуэхэр.
Уи блэкIахэр тщымыгъупщэу,
ХьэтIохъущыкъуей Ипщэ.
Сыпхуохъуахъуэ ущыIэну,
УмыщIэу жьыр къыздепщэр.
Адыгэбзэ,
убзэрабзэ!
Адыгэбзэу ди бзэ къабзэм
И дахагъыр зэхэфха?!
Убзэрабзэу абы щIедзэр
Сабийр гущэм щыхапхам.
Псалъэу хэтыр адыгэбзэм
ЙодэхащIэр уи гум, уи псэм.
Сыхуэзакъым зы лъэпкъыбзи,
Ди бзэм хуэдэу къытхуэупсэ.
Адэ-анэхэ, адыгэбзэр
Быным IэщIыб евмыгъэщI.
ТIурылъыну ар дэ къабзэу,
Хьэуам хэту къытхуегъэщI!
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1909.txt"
} |
Шахмат тажым игъэбжьыфIа цIыхубзхэр
ШахматхэмкIэ цIыхубзхэм я дунейпсо чемпионатхэр 1927 гъэм щыщIэдзауэ ирагъэкIуэкI. Совет Союзыр щыIэхункIэ ди къэралым щыщхэм тепщэныгъэр абы зэи щаутIыпщакъым. СССР-р лъэлъэжа иужькIэ зэ закъуэщ Урысей Федерацэм шахмат тажыр цIыхубзхэм къыщыхуахьыфар – гуапэщ ар Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэ Налшык къызэрыщыхъуар. Иджы бжьыпэр нэхъ зыIыгъыр Китайм и шахматисткэхэращ. Нобэ щыгъуазэ фыхуэтщIынщ цIыхубзхэм ящыщу нобэр къыздэсым дуней псом и чемпион хъуа цIыху 16-м.
Зыми химыгъэщIэфауэ дунейм ехыжа Менчик
Менчик Верэ Урысей империем и къалащхьэм 1906 гъэм къыщалъхуами, и адэр чехт, и анэр инджылызт. Шахмат джэгун Мэзкуу щызэригъэщIащ и ныбжьыр илъэсибгъум иту. 1921 гъэм и адэ-анэм дэщIыгъуу Инджылызым Iэпхъуащ икIи зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэхэм хэту хуежьащ, мыгувэуи къэралым пашэныгъэр щиубыдащ. 1927 гъэм Лондон щекIуэкIа шахматхэмкIэ япэ дунейпсо чемпионатым шэч къызытумыхьэн текIуэныгъэ къыщихьащ, и хьэрхуэрэгъур пщIэнейрэ хигъащIэри. Зэхьэзэхуэ куэдым (Германием, Чехием, США-м, Польшэм, Швецием, Аргентинэм, Голландием) и шахмат тажыр щихъумащ икIи, зыми къыхимыгъэщIауэ, 1944 гъэм дунейм ехыжащ, фашистхэм Лондон бомбэхэр щыхадзэм къытехуэри.
1929 гъэм щыщIэдзауэ цIыхухъухэм я зэхьэзэхуэхэми хэту хуежьащ. А лъэхъэнэм къызэрагъэпэщащ «Менчик Верэ и клуб» - шахмат щыджэгукIэ цIыхубзхэр зэфIэкIа цIыхухъу цIэрыIуэхэр абы хагъэхьэ. Менчик Верэ и цIэр фIащащ цIыхубзхэм ирагъэкIуэкI Дунейпсо Шахмат Олимпиадэхэм щытекIуа командэм ират кубокым. Ар 1957 гъэм щыщIэдзауэ ирагъэкIуэкI.
Зауэ нэужь лъэхъэнэм
ШахматхэмкIэ дунейпсо зэпеуэхэр щызэхаублэжар ЕтIуанэ дунейпсо зауэр иухри, абы къихьа насыпыншагъэхэр мащIэу ягъэкIуэдыжа иужькIэщ. 1949 гъэм Мэзкуу щызэхэта чемпионатым щытекIуащ совет шахматисткэ Руденкэ Людмилэ. ИлъэсиплI дэкIри, шахматхэмкIэ ещанэ дунейпсо чемпион хъуащ Быковэ Еленэ. КъыкIэлъыкIуа илъэсипщIым абы шахмат тажыр щыIащIахар зэ закъуэщ. 1956 - 1958 гъэхэм еплIанэ дунейпсо чемпионкэу щытащ нэгъуэщI ди хэкуэгъу Рубцовэ Ольгэ. АдэкIэ куржы (грузин) шахматисткэхэм я тепщэныгъэм щIидзащ.
Куржыхэм я тепщэныгъэ
1962 гъэм щыщIэдзауэ 1991 гъэ пщIондэ ШахматхэмкIэ дунейпсо чемпиону щытар Куржым щыщ цIыхубзхэращ. Япэ илъэс пщыкIухым шахмат тажыр зэрихьащ Гаприндашвили Нонэ, къыкIэлъыкIуэ илъэс 13-м - Чибурданидзе Майе.
Совет, куржы шахматисткэ Iэзэ Гаприндашвили Нонэ 1941 гъэм накъыгъэм (майм) и 3-м Зугдиди къалэм (Грузие) къыщалъхуащ. ЦIыхубзхэм я деж шахматхэмкIэ етхуанэ дунейпсо чемпионщ.
Шахмат джэгуным и дэлъхухэм ирагъэсащ икIи и ныбжьыр илъэситху щыхъуам абыхэм ефIэкIыжащ. ЦIыхубзхэм ящыщу япэ дыдэу дунейпсо гроссмейстер хъуащ 1976 гъэм. ЦIыхухъухэми яхэту зэхьэзэхуэ инхэм зыкъыщигъэлъэгъуащ икIи мызэ-мытIэу абыхэм щытекIуащ. Ар къалъытэри, зэи къэмыхъуауэ бзылъхугъэм «цIыхухъухэм я дунейпсо гроссмейстер» цIэр 1978 гъэм къыфIащащ.
«Шахмат Оскарыр» япэу зрата цIыхубзыр Гаприндашвили Нонэщ. Дунейпсо шахмат федерацэм (ФИДЕ)-м и цIыхубз комиссэм и унафэщIу, Куржым и Лъэпкъ олимп комитетым и президенту щытащ. Абы и цIэр фIащащ Куржым къыщыщIагъэкI дыху лIэужьыгъуэм.
Чибурданидзе Майе - совет, куржы шахматискэщ. 1961 гъэм щIышылэм (январым) и 17-м Кутаиси (Грузие) къыщалъхуащ. ЦIыхубзэм я деж шахматхэмкIэ еханэ дунейпсо чемпионщ. Шахмат Олимпиадэхэм бгъуэ щытекIуащ - тхуэ СССР-м и командэ къыхэхам хэту, плIэ Куржым и цIэкIэ.
И ныбжьыр илъэс пщыкIутI хъуауэ арат Чибурданидзе Совет Союзым и командэ къыхэхам щыхагъэхьам икIи япэу къыпэщIэхуа Югославием щыщ спортсменкэм джэгугъуиплIми щытекIуащ. Илъэс пщыкIубл щрикъуам зэIущIэ 500-м нэблагъэ иригъэкIуэкIат, СССР-м щытекIуат, дунейпсо чемпионкэ Гаприндашвили дэджэгуну хуитыныгъэ къихьат, ЩIы хъурейм щынэхъ лъэщыр зэхэгъэкIа хъун папщIэ Пицундэ (Грузие) 1978 гъэм щекIуэкIа зэIущIэм Майе псынщIэ дыдэу япэ щищащ икIи 8,5 - 6,5-уэ щытекIуэри, дунейпсо чемпионкэ хъуащ.
Гаприндашвили хуэдэу цIыхухъу зэпеуэхэми куэдрэ хэтащ икIи щытекIуащ. Абыхэм иужькIэ «цIыхубз Фишер»-кIэ къеджэ хъуащ.
Китай бзылъхугъэхэм я зэфIэкI иныр
Цзюнь Се шахмат пащтыхьу пIалъитIкIэ щытащ: 1991 - 1996, 1999 - 2001 гъэхэм. Шахмат чемпионыгъэр абы 1996 гъэм Полгар Жуже зыIэщIригъэхащ, арщхьэкIэ илъэсищ нэхъ дэмыкIыу дунейм щынэхъ лъэщ хъужащ, Венгрием щыщ шахматисткэм и тажыр ихъумэжыну зэрыхуэмеям къыхэкIыу.
2001 гъэм и кIэухым цIыхубзхэм я дунейпсо чемпионатыр Мэзкуу щекIуэкIащ. Нокаут-системэм тету ар къызэрагъэпэщати, Цзьюн Се абы хэтакъым. Дунейпсо чемионкэщIэ хъуащ Китайм щыщ Чэнь Чжу. Ар ефIэкIащ хуабжьу ерыщу къыпэщIэта ди хэкуэгъу Костенюк Александрэ. Абыхэм я зэныкъуэкъуныгъэм щызэрытемыгъэкIуа зэIущIэ къыщыхъуакъым икIи нэхъ лъэщыр тай-брейккIэ зэхагъэкIауэ аращ.
Илъэсищ дэкIри Элиста зи чэзу чемпионатыр щызэхэтащ. Абы кърихьэлIакъым шахмат тажыр зыIэщIэлъыр. Болгарием къикIа Стефановэ Антоанетэ ди хэкуэгъу Ковалевская Екатеринэ хигъащIэри, зи чэзу дунейпсо чемпионкэ хъуащ.
2006 гъэм Китайм и тепщэныгъэр цIыхубз шахматхэм щызыIэригъэхьэжащ. Юйхуа Сюй Галлямовэ Алисэ ефIэкIащ. АрщхьэкIэ шахмат тажыр абы зэрызэрихьэфар илъэситIкIэщ.
Къэбэрдей-Балъкъэрыр зыхуэугъурла Костенюк
Урысей Федерацэм и шахматисткэхэм ящыщу иджыри къэс дунейпсо чемпионкэ хъуфар Костенюк Александрэ и закъуэщ. 2008 гъэм ар ефIэкIащ Ифань Хоу икIи ЩIы хъурейм щынэхъ лъэщу ягъэIуащ.
Костенюк Александрэ 1984 гъэм Пермь къалэм (Урысей Федерацэ) къыщалъхуащ. ЦIыхубзхэм ящыщу шахматхэмкIэ епщыкIутIанэ дунейпсо чемпионкэщ. И ныбжьыр илъэсиблым иту Мэзкуу и чемпионатым щытекIуащ. Урысей Федерацэм, Швейцарием, Европэм мызэ-мытIэу щынэхъыфIащ. Дунейпсо Шахмат Олимпиадэхэм щэнейрэ я чемпионщ. ЦIыхубзхэм ящыщу епщIанэу цIыхухъухэм я дунейпсо гроссмейстерхэм яхыхьащ. И ехъулIэныгъэ нэхъыщхьэр Налшык къалэм щызыIэригъэхьащ - Китайм къикIа Ифань Хоу финалым щыхигъащIэри, дунейпсо чемпионкэм и шахмат тажыр щхьэратIэгъащ, адыгэ фащэр екIупсу щыгъыу.
Костенюк Александрэ хуабжьу щаIэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым икIи ди республикэм и Президенту абы щыгъуэм щыта Къанокъуэ Арсен тыгъэ лъапIэхэр къыхуищIащ. ИпэкIи иужькIи Урысей Федерацэм щыщ цIыхубзхэр афIэкIа дуней псом щытекIуакъым. И чэзу мыхъуауэ пIэрэ а зэхьэзэхуэ иныр аргуэру Налшык щрагъэкIуэкIыну? Хэт ищIэн, итIанэ ди цIыхубзхэр иджыри текIуэнкIэ хъунт, адыгэщIым къарурэ зэфIэкIрэ къыхалъхьэу?!
АдэкIэ дыдейхэр хэмыту
2010 гъэм щыщIэдзауэ Урысей Федерацэм и цIыхубзхэр шахмат тажым пэгъунэгъуи хъуакъым. ЯпэщIыкIэ нэхъ щIалэу дыдэу, илъэс пщыкIух фIэкIа иримыкъуауэ, дунейпсо чемпионкэ хъуащ Ифань Хоу. КъыкIэлъыкIуэу я насып къикIащ Украинэм щыщхэу Ушенинэ Аннэрэ Музычук Мариерэ. Абыхэм зэкIэлъхьэужьу 2012, 2015 гъэхэм шахмат тажыр зыIэрагъэхьащ.
АдэкIэ аргуэру Китайм и цIыхубзхэм бжьыпэр яубыдыжащ. 2017 гъэм Чжуньи Тань дунейпсо чемпионкэ хъуащ. Нэгъабэ ар ихъуэжащ Вэньцзюнь Цзюй.
Жыласэ Заурбэч.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "191.txt"
} |
Спорт
Iэпщэрызауэ
Министрым
ирегъэблагъэ
Къэбэрдей-Балъкъэрым спортымкIэ и министр Хьэсанэ Ислъам иджыблагъэ IущIащ «Абсолютный реальный бой» япэ чемпионатым щытекIуа Къуэныкъуей Алимрэ абы и тренер Бейтыгъуэн Русланрэ.
Мэзкуу областым хыхьэ Одинцовэ къалэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэм кърикIуахэм, адэкIэ яIэ мурадхэм ятеухуауэ спорт IуэхущIапIэм и унафэщIыр епсэлъылIащ чемпионымрэ абы и гъэсакIуэмрэ. Мы спорт лIэужьыгъуэр Iэпщэрызауэм куэдкIэ ещхьщ и мардэхэмкIэ, щыгъынымкIэ, ауэ дзэ-прикладной спорт лIэужьыгъуэкъым.
Япэ чемпионатым хэтащ Урысейм и щIыналъэ 43-м къикIа командэ 72-рэ. Псори зэхэту спортсмен 1642-рэ. Зэхьэзэхуэхэр лIэужьыгъуитIкIэ екIуэкIащ: кимано щыгърэ щымыгъыу.
ЦIыхухъухэм я зэпэщIэтыныгъэм дыщэ медалыр къыщихьащ ди лъэпкъэгъу Къуэныкъуей Алим. КъищынэмыщIауэ, КъБР-м икIа командэ къыхэхам хэтхэм зыIэрагъэхьащ дыщэ медалу 4, дыжьыну 11, домбеякъыу 10. Гуп зэхьэзэхуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменхэм етIуанэ увыпIэр щаубыдащ. Пашэ хъуащ Мэзкуу областым и командэ къыхэхар, Алтай крайр ещанэщ.
Тхэквондо
ЗауэлI хьэл хэлъу
Черкесск къалэм дэт «Юбилейный» спортым и уардэунэм щекIуэкIащ Урысейм ТхэвондомкIэ и зэгухьэныгъэм и президентым и Кубокыр къэхьыным ехьэлIа балигъхэм я къэралпсо зэхьэзэхуэ. ТхэвондомкIэ дунейпсо чемпионатым кIуэну къэралым и командэ нэхъыщхьэм хагъэхьэнухэр къыщыхах зэпэщIэтыныгъэхэм ящыщ зым къекIуэлIащ УФ-м и щIыналъэ 31-м къикIа спортсмен 250-м нэблагъэ.
Япэ лъабакъуэхэр а спорт лIэужьыгъуэм хэзычэ, илъэс 17 фIэкIа мыхъу, КъБР-м щыщ Багъ Идар Черкесск къыщигъэлъэгъуащ балигъ техникэрэ зауэлI хьэлрэ.
Зи хьэлъагъыр килограмм 54-м нэблагъэхэм я зэпеуэм фIы дыдэу пэщIэдзэ зэIущIэхэр щригъэкIуэкIыурэ, ди лъэпкъэгъур финалым нэсащ. КIэух зэIущIэхэм Багъым къыщыпэщIэтащ 2016 гъэм Урысейм и чемпион хъуа, Санкт-Петербург щыщ Гриценкэ Владимир. ЗэпэщIэтыныгъэм Идар зымащIэкIэ къыщыхагъэщIащ икIи дыжьын медалыр къыхуагъэфэщащ.
БэнэкIэ хуит
Темботым и
саугъэтхэм щIобэн
Прималкинскэ жылагъуэм дэт физкультурэ-узыншагъэр щрагъэфIакIуэ комплексым щекIуэкIащ 2008 - 2009, 2011 - 2012 гъэхэм къалъхуахэм бэнэкIэ хуитымкIэ я зэхьэзэхуэ. Спортсменхэр щIэбэнащ Урысейм щIыхь зиIэ и тренер Тембот Анатолэ и саугъэтхэм.
Зэхьэзэхуэр къызэрагъэпэщащ Прохладнэ муниципальнэ щIыналъэм и щIыпIэ администрацэмрэ «Колос» спорт школымрэ. ЗэпэщIэтыныгъэхэр екIуэкIащ бэнэкIэ хуитымкIэ дунейпсо мардэхэм тету.
Къагъэлъэгъуа зэфIэкIхэм япкъ иткIэ япэ гуп увыпIэр иубыдащ Прохладнэ районым и командэ къыхэхам. Абыхэм къакIэлъокIуэ Адыгэ Республикэм къикIахэр, Прохладнэ къалэм и бэнакIуэхэр ещанэщ.
ТекIуахэмрэ къыхэжаныкIахэмрэ «Колос» спорт школым къыбгъэдэкIыу грамотэхэмкIэ, медалхэмрэ саугъэт лъапIэхэмкIэ ягъэпэжащ.
Алыдж-урым бэнэкIэ
Европэм щыпашэщ
Спорт бэнэкIэмкIэ Европэм и чемпионат иджыблагъэ Варшавэ щекIуэкIащ. Урысейм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ и командэ къыхэхам абы медаль зэмылIэужьыгъуибл къыщихьащ. Абыхэм ящыщу 5-р дыщэщ.
Зи хьэлъагъыр килограмм 63-м нэблагъэхэм я зэхьэзэхуэм ехъулIэныгъэ иIэу зыкъыщигъэлъэгъуащ КъБР-м щыщ Локьяев Жамболэт. Финал зэIущIэм абы щыхигъэщIащ Азербайджаным и лIыкIуэ Мамедов Талех икIи зэпеуэм и дыщэ медалыр зыIэригъэхьащ.
Домбеякъ медалхэр къалъысащ куржы Абуладзе Лерирэ Латвием щыщ Юркянс Александррэ.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, 2020 гъэм Локьяевыр щытекIуащ Белград щекIуэкIа Дунейпсо кубокыр къэхьыным ехьэлIа зэпеуэм. Апхуэдэу Жамболэт зыбжанэрэ пашэ щыхъуащ икIи къыщыхэжаныкIащ Урысей зэхьэзэхуэхэм.
Грэпплинг
Урыс Мухьэмэд и текIуэныгъэ
Ди лъэпкъэгъу Урыс Мухьэмэд дыщэ медаль къыщихьащ спорт бэнэкIэмкIэ Европэм и чемпионату Польшэм и къалащхьэ Варшавэ щекIуэкIам.
Мэлыжьыхьым и 26-м зэхэта грэпплерхэм я зэпэщIэтыныгъэм зи хьэлъагъыр килограмм 92-м нэблагъэ Урыс Мухьэмэд зэIущIэ удызыхьэххэр щригъэкIуэкIащ. ТекIуэныгъэм щыхуэкIуэм, ди лъэпкъэгъум хигъэщIащ Латвием, Израилым, Украинэм бэнакIуэхэр. КIэух зэIущIэм абы къыщыпэщIэтащ къэралым и командэ нэхъыщхьэм къыдыхэт Ходжалиев Сулим. Аргуэрми ефIэкIа ди щIалэм дыщэ медалыр къыхуагъэфэщащ. Къыхэдгъэщынщи, зэIущIиплI иригъэкIуэкIам, Урыс Мухьэмэд и хьэрхуэрэгъухэми зы балл яритакъым.
«Псом япэрауэ, фIыщIэ яхузощI сэр щхьэкIэ гузэва, къыздэщIа си унагъуэмрэ си Iыхьлыхэмрэ. ФIыщIэ хэха хуэсщIыну сыхуейщ си тренер, си къуэш, зыщызгъасэ «Fight Zone» спорт клубым и унафэщI Шыхъуэстэн Руслан. «Ар мыхъуатэмэ, мы псори щыIэнутэкъым. Иджырейр ди зэхуэдэ текIуэныгъэщ. Дэтхэнэ си хьэрхуэрэгъури хуэфэщэну къыщIэкIащ. ЗэIущIэ дахэ къыздрагъэкIуэкIащ, - къыджиIащ финал зэIущIэ нэужьым зызыхуэдгъэза Урыс Мухьэмэд. - АдэкIи къыкIэлъыкIуэ зэIущIэхэм дегугъуу зыхуэдгъэхьэзырынущ».
Самбэ
Новороссийск
домбеякъ къыщехь
Мэлыжьыхьым и 22 - 25-хэм Новороссийск и «Патриот» спорт комплексым щекIуэкIащ спорт самбэмкIэ Урысейм и зэхьэзэхуэ. Илъэс 14 - 16-хэм итхэу къэралым и щIыналъэ 43-м къикIауэ абы щыбэнащ спортсмен 650-м щIигъу.
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ Беслъэней Темырлан урысейпсо зэхьэзэхуэм домбеякъ медаль къыщихьащ. Зи хьэлъагъыр килограмм 49-м нэблагъэ щIалэщIэр финал ныкъуэм къыщыхагъэщIа пэтми, финал мащIэм щытекIуэжащ.
Спортсменыр ягъасэ ПщIэнашэ Муратрэ Уэщхъун Баширрэ.
ЖЫЛАСЭ Замир.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1910.txt"
} |
ЛъэпкъылI телъыджэ
А зэманым лэжьапIэр хуабжьу зэпэубыдат. Псом хуэмыдэжу зи щIыбагъым благъэ къулей е къулыкъущIэшхуэ гуэр къыдэмытхэм я дежкIэ. Сэри сащыщт апхуэдэхэми, университетыр къызэрызухамкIэ диплом къысIэщIалъхьэу уэрамым сыкъыдаутIыпщхьами, си щхьэр здэсхьынур сымыщIэу а сыкъызыдаутIыпщхьа уэрам дыдэм сыдэтт. Ауэ, Iуэхур зэрымыхъун хуейм хуэдэу хъущ, насып шэрхъыр щыуауэ къекIэрэхъуэкIри, «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм редактору сыкъыщIэхутащ. Си щIалэгъуэт, батэр схуэгъэшыну зыкъысщыхъужуи, си пащхьэ къралъхьа Iэрытх Iэмбатэ зыбжанэм си Iэщхьэлъащхьэр дэхьеяуэ сетIысылIащ. АрщхьэкIэ, шы зыгъуэт нэху тещхьэркъым жыхуаIэрати, папцIэу пызупсыкIа си къэрэндащхэр стIол къыдэгъэжым къыдэзнэри, военкоматым къикIа повесткэр сIыгъыу мыгувэу тхылъ тедзапIэр къэзбгынащ.
КъызэрыщIэкIамкIэ, дзэм къулыкъу щыпщIэныр IэджэкIэ нэхъ тыншт, лэжьапIэ къэплъыхъуэу уэрамым удэтын нэхърэ: уи шхыныр хьэзырт, узыщIэлъын уиIэт, щыптIэгъэнури арат. Апхуэдэ гъащIэри куэдрэ екIуэкIынт, ари иухри, аргуэру уэрамым сыкъыдэхутэжащ сылэжьапIэлъыхъуэу. Зы илъэс ныкъуэфIым щIигъукIэ бжэIупэ Iэджэ IузутыкIауэ Шэджэм къыщыдэкI «Красное знамя» район газетым сыкъащтащ, ягу сримыхьмэ сыкъыIуагъэкIыжыну къызаухылIэри. Тхьэм ещIэт ягу срихьауэ арами, е къызаухылIар ящыгъупщэжами, сытми, абы сыкъыIунэжауэ сылажьэрт. Ди газетыр къыщыдэкIыр Налшык дэт типографиерати, абы тхьэмахуэм зэ, тIэу сыщыIэн хуей хъурт. Зы пщыхьэщхьэ гуэрым «Ленин гъуэгу» газетым и редактор нэхъыщхьэ ЛIыбекъуэ Хьэбас къызбгъэдохьэри, хуабжьу сызэпиплъыхьурэ, къызжеIэ: «Уэ щIалэ цIыкIур зыкъом щIауэ мы цехым ущыкIэрахъуэу солъагъу, сыпщIэупщIати, Къэрмокъуэ Мухьэмэд лэжьакIуэ къыпхэкIын хуэдэу къызжиIащ, зы лэжьакIуэ дыхуейщи, уигурэ уи щхьэрэ зэтелъмэ, пщэдей жэуап къызэтыж».
Апхуэдэ къоуэлIэным узэгупсысыжын лей хэмылъми, занщIэу зыри схужеIакъым. ЕтIуанэ махуэм жьыуэ сыкъакIуэри, япэщIыкIэ Къэрмокъуэм деж сыщIыхьащ. Пэжыр жыпIэмэ, сэ Мухьэмэди зэрысцIыхушхуэ щыIэтэкъым, дыщыстудентым щыгъуэ редакцэм дыкъакIуэ-дыкIуэжурэ мащIэу цIыхугъэ схуэхъуауэ арат, си тхыгъэ гуэрхэри зэригъэзэхуэжурэ газетым къытрыригъэдзат. СыкъызытекIухьар щыжесIэм, къэтэджри си Iэр къикъузащ: «Уи кIэныр къикIащ, щIалэ цIыкIу! Мыбы щылэжьэну щIэхъуэпсу щыIэр дапщэми пщIэрэ уэ? Иджыпсту занщIэу кIуэи заявленэ тхы, щIемыгъуэж щIыкIэ. Дэтхэнэ отделыр къыпхуигъэлъагъуэми, хьэуэ къыхыумыгъэкI, иужькIэ си деж укъэсшэжынщ».
Къэрмокъуэм апхуэдэу жиIауэ укъикIуэтыжынт! Езыр симыныбжьэгъу щхьэкIэ, фIыуэ сыщыгъуазэт абы редакцэм щиIэ пщIэм, и псалъэ зэрыпхыкIым. Арати, а махуэм щыщIэздзащ «Ленин гъуэгу» газетым и редакцэм щылэжьэн. Дауи, «гупхыхьэр» зэфIэзгъэкIа нэужь. Ар зэрекIуэкIынум и унафэр зыщIари Мухьэмэдт.
Мыбдеж и гугъу щысщIынкъым сызыхыхьа гупым ядэслъэгъуа псом. Ар зы тхылъми пхуимыгъэхуэнкIэ хъунущ. Ауэ апхуэдизу гъэщIэгъуэн гуп телъыджэм адрейхэм къахэщхьэхукIыжхэри яхэтт. Абыхэм ящыщт Къэрмокъуэри. Къызэрихьыр нэхъыжьыгъэкIэу щымытми, абы и пщIэр редакцэм щыинт.
Газетыр махуэ къэс къыдэкIын щыхуейкIэ, абы щылажьэу хъуами махуэ къэс тхыгъэ зырыз ягъэхьэзырыну я пщэ къыдэхуэрт. Псори зэхуэдэу пхуэтхынт? Тхыгъэхэм нэхъыфIи, нэхъыкIи къахэкIырт. Секретариатым нэсрэ «кIуэркъым» жиIэу къытрадзамэ, уи махуэ лэжьыгъэр псыхэкIуадэ хъуауэ арат. А псалъэр нэхъыбэрэ зыхуагъэфащэри нэхъ щIалэхэм я тхыгъэхэрт. Iуэхум нэхъ елIалIэу ирагъэсэну арагъэнт. НэгъуэщI щхьэусыгъуи иIэнкIэ хъунт, тхьэм ещIэ. Си тхыгъэхэми «кIуэркъым» псалъэр къытехуэ зэрыхъуам гу лъитэри, Мухьэмэд махуэ гуэрым къызжиIащ «мыкIуахэр» сIыгъыу и деж сыщIыхьэну. Абыхэм псынщIэу ирижэщ, зыгуэрхэри тIэкIу зэригъэзэхуэжри, унафэ къысхуищIащ ахэр щIэрыщIэу трезгъэдзэжу хуэсхьыжыну. Сэ абы и отделым сыщымыщми, «Седжащ» жиIэу си тхыгъэхэм тритхэщ, Iэ щIидзыжри, сэ сыкъиутIыпщыжащ, кIуэи лажьэ, дяпэкIэ птхыхэр япэщIыкIэ си деж къэхь, жиIэри. Абы иужькIэ си тхыгъэхэм зэи «мыкIуэ» къахэкIыжакъым.
ЦIыху нэхъ къызэмэщIэкI отделхэм садзурэ зэманыфIкIэ сылэжьауэ, махуэ гуэрым редактор нэхъыщхьэм сриджэри къызжиIащ: «Нобэ щыщIэдзауэ культурэмкIэ отделым удогъакIуэ, дяпэкIэ уи унафэщIынур Къэрмокъуэращ, уи стIолыр хьэзырщ, зызыщIэкъуи Iэпхъуэ». Редакторым деж сыкъызэрыщIэкIыжу, псом япэу Мухьэмэд деж сыщIыхьащ. Ар пыгуфIыкIыу къыспежьащ: «ЗэфIэкIа уи Iуэхур? ЗэфIэкIамэ, аращ. ДяпэкIэ щхьэкъэмыIэту узэрылэжьэнум зыхуэгъэхьэзыр». Сэ щIэх дыдэу фIыуэ къызгурыIуащ Мухьэмэд «щхьэкъэмыIэтым» къригъэкIар. Ар ауэ сытми гупсысэ гъэщIэрэщIа къудейуэ аратэкъым, къригъэкIар а псалъэм къикI дыдэрат. Апхуэдэут адрейхэри зэрылажьэр. Отделым щIэс цIыху зыплIытхур пщэдджыжь къэс зэхэтIысхьэрт Мухьэмэд я пашэуи, а махуэм хэт сыт къитынуми, пщэдей сытым елэжьынуми яубзыхурт. А яубзыхуар гъэзэщIэным Къэрмокъуэр апхуэдизкIэ ткIийуэ кIэлъыплъырти, ар Iэпэдэгъэлэл пщIы хъуну зыми игу къэкIыххэртэкъым. Арат культурэмкIэ отделым и лэжьыгъэр сыт щыгъуи адрейхэм щапхъэу щIыхуагъэлъагъуэр. Ауэ лэжьыгъэм щызэхуэткIийми, отделым щIэсхэм я зэныбжьэгъугъэм, зэхущытыкIэм ар зыкIи зэран хуэхъуртэкъым. Тхьэмахуэ щIагъуэ къэмынэу, щхьэусыгъуэ гуэрхэр къагупсысурэ, къакъэ-пщIыпщIу зэхэст. ГуфIэгъуэ е гузэвэгъуэ зыгуэрым иIэмэ, фэрыщIагъ лъэпкъ хэмылъу зэкъуэувэрт. Псори зэрекIуэкIри Мухьэмэд ищIа унафэм тетут. Унафэ щIыкIи ищIэрт. Ефэндыжьым жиIащ, жаIамэ - зэфIэкIат. И нэщIыбагъкIэ псори зэреджэ а цIэ лейр щIыкIэрыпщIари адыгэ хабзэм пщIэ лей зэрыхуищIыр арагъэнт.
И лэжьыгъэкIи, и цIыху хэтыкIэкIи щапхъэ зытепхын адыгэлIу дунейм тетми, а зэманыр езы Къэрмокъуэм дежкIэ тыншу пхужыIэнутэкъым. И щхьэгъусэр дунейм ехыжри, и быниплIым и закъуэу къахэнат, еплIанэр сабий быдзафэу. Абы и щIыIужкIи, зыми зыкъримыгъащIэми, нэгъуэщI бэлыхьи хэхуат. Ари зищIысыр мырат: унагъуэмкIэ къыдэIэпыкъун имыIэу къыщынэм, и къуэш нэхъыщIэм и щхьэгъусэр къеувэлIат, сэ сыпхуеплъынщ сабий цIынэм, жиIэри. Абы щхьэкIэ и къуэшым и унагъуэр езым пэгъунэгъуу къигъэIэпхъуэн хуейт. Къилъыхъуэурэ къигъуэтащ апхуэдэ фэтэр гуэри. ХэкIыпIэу яIэ псор къагъэсэбэпри, фэтэрыр зейр езыр зэрыхуейм хуэдэу ягъэIэпхъуащ, ар зыщIэкIар зыхуей хуагъазэри, и къуэшым и унагъуэр абы къэIэпхъуащ. И Iуэхур тIэкIу зэтеувэж хуэдэ хъуауэ къекIуэкIыурэ, фэтэрыр къезыхъуэжа цIыхубзыр езыр щIегъуэжа, е зыгуэрхэм къызэщIагъэплъа, сытми мыдрейхэм яхузэфIэмыкIын гуэрхэр къапиубыду хуежьащ. Ахэр щыхуамыщIэфым, цIыхубзым хамэ къэрал гуэрым и паспорт иIэу къыщIэкIри, Iуэхур къэрал Iуэху ищIащ. Абы щыгъуэ Мухьэмэд и фэм икIар къэпIуэтэжкIи пхужыIэнукъым. Абы щыгъуэ фIэкIа Къэрмокъуэр гъащIэм къыщигъэдзыха къэхъуауи къыщIэкIынкъым. Ауэ абыи хэкIыпIэ къыхуигъуэтат.
Газет лэжьыгъэм хъарзынэу сыхэзэгъауэ, Мухьэмэд и ткIиягъэми сесэжауэ, сызыпэмыплъа гукъеуэ къыслъыкъуэкIащ: Къэрмокъуэр редактор нэхъыщхьэу яшэжащ япэми унафэщIу щылэжьа адыгэ радиом. ЩыщIэкIыжми, бжэщхьэIум нэсауэ зыкъригъэзэкIыжри, унафэ къысхуищI щIыкIэу, къызжиIащ: «Уэри унэкIуэнущ абы». Пэж дыдэуи, тхьэмахуитI хуэдиз нэхъ мылэжьауэ къэпсэлъащ, Дыдур къыпхуейщи къех, жиIэри. Къоджэр щынэхъыжькIэ сыт пщIэнт, сыкIуащ. ЗэрызысIыгъынумкIэ, жысIэнухэмкIэ унафэ къысхуищIщ, Дыдум деж сыщIишэри, езы Мухьэмэд къыщIэкIыжащ. Дыду Владимир и IуэхущIафэхэм сыщыгъуазэ, и цIэр сщIэ щхьэкIэ, езым зэи срихьэлIатэкъым. Зэ IуплъэгъуэкIэ ар ещхьт асыхьэтым шым къепсыхыу уи пащхьэм къитIысхьа дзэзешэм, ауэ и пащхьэм илъыр ручкэрэ блокнотрэт. Къыздэуэршэру щIидзэри, псомкIи къыспкърыупщIыхьащ, си адэшхуэм деж къыщыщIэдзауэ си къуэш нэхъыщIэм деж щиухыжу, Iуэху Iэджэм я щхьэфэ иIэбащ, и блокнотым зыгуэрхэри иритхэурэ. Ар хэIущIыIу сымыщIыфами, сэ сигукIэ сегупсысащ: «Мы сэ слъагъур Мухьэмэд нэхърэ нэхъ ткIииж гуэрщ». А жызмыIэфам псалъэкIэ къыпысщащ: «Сэ сыщыпсэун сиIэкъым, редакцэм япэу къратыну фэтэрыр сэ къыслъагъэсын хуейуэ щытщ. Си дежкIэ иджыпсту псом нэхърэ нэхъыщхьэр аращ». «Газетым нэхърэ дынэхъ пыIэ хуабэу щхьэ фэ къыдуплърэ?» - зригъэIэтащ Дыдум и макъым, къалэ исполкомым и унафэщIу зэрыщытар игу къэкIыжа къыщIэкIынт. ИтIанэ, псалъэмакъыр зэрыдухам и щыхьэту, секретаршэр къриджэри, Къэрмокъуэр къыщIигъэхьэну жриIащ. ПсынщIэ дыдэу къэса редактор нэхъыщхьэм кIэщIу жриIащ: «Шэи яхэгъэтIысхьэ уи щIалэхэм, лэжьэфын хуэдэщ. Мыхъумэ, зи фэм дэсхыжынур уэращ».
Къэрмокъуэм и кабинетым сыщIишэри, илъэс зыбгъупщкIэ сызрикъун чэнджэщ зэуэ къызитащ. ИтIанэ нэхъ пыухыкIауэ къыщIигъуащ: «Жьэгу пащхьэ» жиIэу радиожурнал къызэIутхынущи, ар уэ къыппоплъэри щытщ, ауэ ар иужькIэщ. Иджыпсту къыппэплъэр нэгъуэщI зыгуэрщ: Москва еджакIуэ укIуэнущ мазитIкIэ. Уи кIэныр къикIауэ фIэкIа сщIэркъым. КIуэжи, зыгъэхьэзыр».
Радиомрэ телевиденэмрэ я лэжьакIуэхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ институтыр, пэж дыдэу, еджапIэ телъыджэт. Ауэ ар къэзухыу къэзгъэзэжа нэужь «си кIэныр» абдеж зэрыщиухар псынщIэ дыдэу къызгурыIуащ: тхьэмахуэм эфирым тхуэ сыкъихьэн хуейт, зэманкIэ сыхьэтитI хуэдиз къиубыду. Мухьэмэд махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу жэрдэмыщIэ гуэрхэр къыхилъхьэрт. Утригъэгушхуэрт, укъызэщIигъаплъэрт, пружинэм хуэдэу ущIиIуэнтIэжырти, укъиутIыпщыжырт. Иныкъуэхэм деж иригъэлейми, зэи губгъэн хуэтщIыртэкъым, радиом и лэжьыгъэр иригъэфIэкIуэну фIэкIа, лей къыптригъэхьэну зэрыхэмытыр тлъагъурти. Пэж дыдэуи, Мухьэмэд радиом псэщIэ къыхигъэхьэжат. Езыри ешыртэкъым, дэри дригъэтIысэхыртэкъым. И кабинетым зэблэкIыу дыIутт ттхахэм къедгъэджэжу, пленкэм теттхахэм едгъэдэIуэжу. Къыщытщытхъуи къыхэкIырт. Ауэ арэзы щIыгъуейт. Радиом едаIуэхэм нэхъ япыщIа дыхъуати, абыи ди нэтынхэр нэхъ щIэщыгъуэ ящIырт. Зы мази дэкIыртэкъым зэ, тIэу къуажэ гуэрхэм дымыкIуэу. ЦIыхухэм дахэпсэлъыхь, езыхэми дедаIуэ къудейтэкъым, радиом щылажьэ ди артист нэхъыфI дыдэхэри здэтшэрти, къуажэдэсхэм я нэгу зедгъэужьырт. Мухьэмэд и фIыгъэт ахэри ди гъусэу сыт щыгъуи нэкIуэн хуейуэ Дыдум унафэ зэрищIар. Езы Дыдури къыщытригъэхьэ щыIэт ди гъусэу нэкIуэну. Къэрмокъуэр я пашэу нобэ радиом и лэжьакIуэхэр къэкIуэнущ жаIамэ, дэтхэнэ зы къуажэми цIыхур уэру къыщызэхуэсырт, дыздэкIуэр къущхьэхъурамэ - зы районым и Iэщыхъуэхэр къызэхуашэсырт. Гухэхъуэт апхуэдэ зэIущIэхэм деж Къэрмокъуэм уедэIуэну. Бысымхэм я мызакъуэу, дэри ди жьэр Iурыхуауэ дыкъигъанэрт. И гуми, и псэми къабгъэдэкIыу, фэрыщIагъ хэмылъу зэрыпсалъэр арагъэнт – и псалъэхэр сыт щыгъуи уи фIэщ ищIыфырт, абыи фIэкIыжырти, гунэс пщищIырт. Апхуэдэ лъабжьэ яIэу арауэ къыщIэкIынут Къэрмокъуэр и художественнэ тхыгъэхэмкIи цIыхум я гум щIыдыхьэфыр.
ЦIыху гупыфI щылажьэ дэтхэнэ лэжьапIэми Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэ Iэджэ щызэблокI, уи гукъыдэжыр къэзыIэти, бампIэгъуэм ухэзыдзи хэту. Радиори апхуэдэт. Дауи, нэхъыбэр гукъыдэж къозытхэрт. Ауэ псори апхуэдэ защIэу екIуэкIынт. МыхъумыщIагъэ гуэр утыку Iуэху тщIамэ, къыкIэлъыкIуэ махуэм абы кърикIуэну псалъэмакъым хуэхьэзыру ущытын хуейт. Псом хуэмыдэжу «Аркъэныр» эфирым кIуамэ. Абы и гъэхьэзырынри си пщэм къыдилъхьат Къэрмокъуэми, япэ уафэгъуагъуэр зыщхьэщыхьэр сэрат. Ауэ зэдухылIат унажэ къакIуэхэр езым и деж занщIэу сшэнуи, и кабинетым щIэзутIыпщхьэрти, сыкъыIукIыжырт. СщIэртэкъым яжриIэри, зэрепсалъэ щIыкIэри, ауэ зи джатэ къихауэ къытхуэкIуахэр щэху хъуауэ, гуапэу сэлам ирахыжурэ Мухьэмэд деж къыщIэкIыжырт. Зэи къэхъуртэкъым ар къыщытщхьэщымыжи, хэутэн дыщригъэщIи. КIыхьу гугъуу екIуэкIа апхуэдэ псалъэмакъхэм яужькIэ къыджиIэжышхуи щыIэтэкъым. «Си фэр ифхащ!» - жиIэрти абыкIэ зэфIигъэкIырт. Ари ящыщт Мухьэмэд хэлъ хьэлыфI-хэм.
Зигу утIыпщауэ дунейм тетыф цIыхум и сытри берычэтщ. Апхуэдэт Къэрмокъуэри. Абы и унэм и ныбжьэгъуу щызэблэкIымрэ шыгъупIастэу щызэблахымрэ къэлъытэгъуейт. Ди щыгу итыр етIуанэуи щхьэгъусэфIкIэ къыхуэупсат абыи, Iэсият хуэдэу зи ерыскъы берычэтрэ зи шхын IэфIрэ уигъэлъыхъуэнут. «Сэ псэуэ схэтыр Iэсиятщ», - жиIэрейт езыми. «Дауэ ущыт?» жыпIамэ, гушыIэу къыщыппидзыжи къэхъурт: «Iэсият и лэкъумым сыхуэдэщ». Нэхъ гукъыдэж щиIэхэм деж абыи къыпигъэувэжырт, «КIыщокъуэм зэрыжиIауэ» жиIэрти. Ди ныбжьэгъухэм ящыщ куэд фIыуэ щыгъуазэт КIыщокъуэ Алим, пэж дыдэу, Ася и лэкъумым хуабжьу щытхъуауэ зэрыщытам. Абы Алим фэрыщIагъ зэрыхимылъхьари пэжт.
Къэрмокъуэ Мухьэмэд теухуа гукъэкIыжхэр езым зэрыхуэфащэм хуэдэу букъуэдиину ухуежьэмэ, зы тхылъым пхуимыгъэзэгъэнри Iуэхум хэлъщ, сыту жыпIэмэ, Мухьэмэд цIыху къызэрыгуэкIыу къызыщыбгъэхъуныр шэч къызытумыхьэжын щыуагъэщ. ТхакIуэр, дауи, тхакIуэ хъунуи къыщIэкIынкъым, и щIэныгъэкIэ, и гупсысэкIэ, и гупсысэр къызэриIуатэ щIыкIэкIэ, и хьэл-щэнкIэ, и цIыху хэтыкIэкIэ, и гу пцIанагъэкIэ, и лIыгъэкIэ адрей цIыхухэм къащхьэщымыкIмэ. А псом и щIыIужкIи, Къэрмокъуэр икIи лъэпкъылIт. Лъэпкъым и къэкIуэнум, и бзэм, и щIэнхабзэм, и хабзэм, и псэм тегузэвыхь къудей мыхъуу, абыхэм и къару щымысхьыжу езыри телажьэу, дэри сыт щыгъуи а псоми дыкъыхуриджэу.
Джэрыджэ Арсен и гъусэу. 2002 гъэ
Джэрыджэ Арсен, «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм и редактор нэхъыщхьэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1911.txt"
} |
ФIыгъуэ псори хьилмырщ къызыхэкIыр
Нуру допсэ
КъурIэн унагъуэ-унагъуэкIэрэ езыгъаджэхэр щыIами, япэ еджапIэр къуажэм къыщыщызэIуахар 1916 гъэрщ. Абы и унэр зыщIар Куп Исмел Псыхуабэ къриша IэщIагъэлI Силяев Николайщ. Школыр ухуэнымкIэ жэрдэмщIакIуэу щытащ къуажэпщ ХьэтIохъущокъуэ Алджэрий. 1920 гъэм и пэщIэдзэм а еджапIэ-мыдрисэм щIэсащ цIыху 38-рэ, а гъэ дыдэм и кIэм еджакIуэхэм я бжыгъэр 47-м нэсащ. Ахэр ирагъаджэрт (адыгэбзэкIи, урысыбзэкIи, хьэрыпыбзэкIи) Куп Исмел, Слободинская Марие, ЛIуп Назир, Елмэс МатIу сымэ. Къуажэм къыдэкIа япэ унафэщIхэм а еджапIэр къаухащ.
Пэжщ, тыншакъым а зэманым уеджэныр: зэреджэ тхылъхэр яIэтэкъым, зэрытхэ Iэмэпсымэхэр ягъуэтыртэкъым, пэшхэр яхурикъуртэкъым.
ЕДЖЭНУ хуейхэр нэхъыбэ щыхъум, зылъэкIхэм яIыгъа псэуалъэхэм нэгъуэщI еджапIэхэри къыщызэIуахащ. Къапщтэмэ, 1926 гъэм Зеикъуэ щылэжьащ пэщIэдзэ школитI, сабии 108-рэ щеджэу. ЕгъэджакIуэхэм я бжыгъэми хэхъуэрт. 1929 гъэм къуажэм егъэджакIуи 7 фIэкIа дэмысамэ, 1938 гъэм ахэр 30-м нэсащ.
ЕгъэджакIуэхэм яхэтт нэгъуэщI щIыпIэхэм къикIахэри. Абыхэм ящыщащ РСФСР-м и школым щIыхь зиIэ и егъэджакIуэхэу Литовчиковэ М. Ф., Калаушин И. С., Пополид Д. П., Ремизовэ З. Г., Сирченкэ Т. В., нэгъуэщIхэри. Хэку зауэшхуэр къэхъеиным и пэ къихуэу щIэблэр егъэджэным, гъэсэным теухуауэ лэжьыгъэшхуэ зэфIагъэкIащ Шэфий Абдурэхьим, Шэрхъхэ Къэралбий, Мухьэдин, БетIал, Щоджэнхэ Бжьохъан, Назир, Куп Мусэ, Iэпщэ Азрэт, БжьыхьэлIхэ Мысост, Къэрэжан, Шыд Ибрэхьим, Токъмакъхэ Хьэжумар, Хьидэ, ХьэцIыкIу Ибрэхьим, ХьэвцIыкIу ИсрэIил, Къущхьэ Бжьо сымэ. Япэ пионервожатэу щытащ Бгъэжьнокъуэ Аслъэнбий. Ар 1941 гъэм Хэку зауэшхуэм хэкIуэдащ, Брест зыхъумахэм яхэтащ.
1934 гъэм ХьэтIохъущокъуэпщым и унэр илъэсибл еджапIэ ящIащ, 1938 - 1939 гъэ еджэгъуэм ар курыт школ хъуащ. 1941 гъэм еджапIэр къаухащ цIыху 18-м.
1929 гъэм Зеикъуэ тхэкIэ, еджэкIэ ямыщIэу цIыху минитIым нэблагъэ дэсамэ, 30 гъэхэм я кIэм а бжыгъэр куэдкIэ нэхъ мащIэ хъуащ. Зеикъуэдэсхэм щIэныгъэм зэрызратам щыгуфIыкIыу, ди усакIуэшхуэ ЩоджэнцIыкIу Алий 1933 гъэм итхыгъащ «Си махуитI гъащIэ» усэр.
ХэптыкIыр хэщIыркъым
КУП ИСМЕЛ Гъулэ и къуэр (1861 - 1934) мыдрисэм щеджащ. ИтIанэ Каир аль-Азхар университетыр къыщиухащ. Абы и ужькIэ Лашынкъей, Тыжьей къуажэхэм ефэндыуэ щылэжьащ.
Купым и фIыгъэкIэ 1916 гъэм Зеикъуэ къыщызэIуахащ мыдрисэ. Хьэрып Iэлыфбейр къигъэсэбэпурэ, Исмел цIыкIухэм адыгэбзэр иригъэджырт, КъурIэнри яригъащIэрт.
Езы Исмел ирипсалъэрт хьэрыпыбзэм, урысыбзэм, тыркубзэм, азербайджаныбзэм, балъкъэрыбзэм.
Купым фIыуэ хищIыкIырт математикэм, астрономием, биологием, географием, тхыдэм, логикэм, бзэхэм, IуэрыIуатэр зэхуихьэсырт, усэ, рассказ итхырт, и махуэрытхым къыщигъэлъэгъуэжырт къэхъукъащIэхэр, къуажэ хъыбархэр. Бахъшысэрей щытрадзэ «Терджиман» газетыр, «Наука и религия» журналыр къыIэрыхьэрт Куп Исмел.
Абы къыфIащат «къуажэм зи дзыхь ирагъэз цIыху» цIэр. Шэрихьэт судым и унафэщIу лэжьащ, къуажэ Советым хахащ, Тэрч лъэпкъхэм я ЕтIуанэ съездым и лIыкIуэу къагъэлъэгъуащ. Налшык куей советхэм я ещанэ съездым хэтащ. Илъэс зыбжанэкIэ Бахъсэн куей судым и щыхьэту (заседателу) щытащ.
1920 гъэм бадзэуэгъуэм ХьэтIохъущыкъуей Ипщэ къуажэцIэр хъуэжын хуейуэ къыщагъэувам «Зеикъуэ» цIэр япэу къыхэзылъхьахэм ящыщщ Купыр.
Абы и кIуэгъужэгъухэт Дым Iэдэм, Цагъуэ Нурий, Къатхъэн Назир, ЩоджэнцIыкIу Алий сымэ, нэгъуэщIхэри.
Агрохимием и Iэмалхэр къигъэсэбэпурэ, Куп Исмел къуажэм щыхамысэ къэкIыгъэхэр и хадэм къыщигъэкIырт, гъэунэхуныгъэхэр иригъэкIуэкIырт.
Исмел «Гъуазэ» газетым традзэну Истамбыл иригъэхьауэ щытащ «Адыгэ жьыуэ» зыфIища и усэр (1913 гъэрщ щитхар), арщхьэкIэ а газетыр зэхуащIыжри, усэр къызытрадзар «Адыгэ макъырщ». Ар газетым зэрытета дыдэм хуэдэу къыдохь:
Мы пагэныгъэр сытым къыхэкI!
ДыкъызыхэкIар сыт гъэщIэгъуэн?
Дэ ди нэр маплъэ,
Дэ ди лъэр макIуэ,
ДызэрыкIуэным сыт и нэхъыфI,
ДыкъызыхэкIар сыт гъэщIэгъуэн!
Къафкъаз щIыналъэм
дэ дыкъыщалъху,
Ди къэлъхуныгъэм сытхэр и фIыгъэ?
ФIыгъуэшхуэ псори хьилмым къыхокI,
ДыкъызыхэкIар сыт гъэщIэгъуэн!
Мы щIыналъэшхуэм дэ дрибынкъэ!
ЗылI и бын хуэдэу дэ дыунэнкъэ!
ПсэукIэ дахэр хьилмым къыхокI,
ДыкъызыхэкIар сыт гъэщIэгъуэн!
Хьилмыншэ цIыхум сытыр и махуэ?
Махуэшхуэ махуэм сытхэр и псалъэ?
Псалъэм и дахэр хьилмым къыхокI,
ДыкъызыхэкIар сыт гъэщIэгъуэн!
Ди щIалэ къалъхухэр
къалъхум я лъапIэщ,
ЛъапIэгъуэ зиIэр IэщIагъэ дахэщ,
IэщIагъэ дахэр хьилмым къыхокI,
ДыкъызыхэкIар сыт гъэщIэгъуэн!
IэщIагъэ дахэр дэркIэ хьэрэмкъым,
Хьэрэм зыхэлъыр дэркIэ хьэлэлкъым.
Хьэрэм-хьэлэлхэр хьилмым къыхокI,
ДыкъызыхэкIар сыт гъэщIэгъуэн!
Мы дунеишхуэм сыт тетхыжыну?
Мы дунеишхуэм сыт къэдгъэнэну?
Къэнэну псоми хьилмыр нэхъыфIщ,
ФIыгъуэшхуэ псори хьилмым къыхокI,
ДыкъызыхэкIар сыт гъэщIэгъуэн!
Шэрхъ Къэралбий Мэрем и къуэр (1895 - 1991) япэ къуажэ егъэджакIуэхэм ящыщщ. ЩIалэ гурыхуэм Куп Исмел деж щIэныгъэ щызригъэгъуэтащ, абы ипхъу Нури щхьэгъусэ ищIащ. ИужькIэ егъэджакIуэ курсхэр къиухыжащ.
ЩIэныгъэншагъэр гъэкIуэдыным, еджапIэхэр къызэIухыным, щIэблэр гъэсэным илъэс куэдкIэ къаруушхуэ тригъэкIуэдащ Къэралбий. 1926 гъэм къуажапщэм къыщызэIуаха пэщIэдзэ еджапIэр езыгъэщIахэм ар яхэтащ икIи абы щылэжьащ.
И IэщIагъэм зэрыхуэIэижьыр, псэукIэщIэм жыджэру зэрытелажьэр къалъытэри, 1940 гъэм къратащ КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и ЩIыхь тхылъ.
Хэку зауэшхуэм щыгъуэ Шэрхъыр Сталинград деж бийр щызэтезыкъутахэм яхэтащ. Я адэм и IэщIагъэр и къуэхэу Мухьэмэд, Хьэмидбий, ипхъухэу ФатIимэтрэ Таужанрэ къыхахащ. Хьэмидбий КъБКъУ-м и доцентщ, абы и къуэ Заури ди университетым щрегъаджэ, биологие щIэныгъэхэм я кандидатщ. Мухьэмэд ипхъу Хьэлимэти егъэджакIуэщ.
Шэфий Абдурэхьим Мысхьуд и къуэр (1895 - 1944) илъэс зыбжанэкIэ щылэжьащ щапхъэ зытрах пэщIэдзэ школым. ЕгъэджакIуэ емышым сабийхэр къыдихьэхырт, еджэным тригъэгушхуэрт. Ар зэи и къалэнхэм теплъэкъукIыртэкъым, ныбжьыщIэхэм хьэл-щэныфI зэрызыхалъхьэным сыт щыгъуи иужь итт, ахэр адыгэ хабзэм, нэмысым щIигъэджыкIырт.
Шэфий Абдурэхьим и цIыхугъэфIт ЩоджэнцIыкIу Алий. УсакIуэшхуэр Бахъсэн районым инспектору щыщылэжьам Шэфийм хуэзэу щытащ, и лэжьыгъэфIхэр зригъэлъагъуну. А тIур унагъуэкIи зэкIэлъыкIуэрт, Зеикъуэ теухуа «Си махуитI гъащIэ» усэр япэу зригъэлъэгъуар и ныбжьэгъу егъэджакIуэрт. А усэр Алий итхат школым ищхьэкIэ джабэм кIэрылъа мывэшхуэм и лъабжьэм щIэсу, «Алий и мывэкIэщ» абы зэреджэр.
И хэкур ихъумэжу, Шэфий Абдурэхьим Хэку зауэшхуэм хэкIуэдащ 1944 гъэм. Я адэм иригъэжьа IуэхуфIхэм къыпащащ и къуэхэу Хьэчим, Хьэсэн, Нажмудин сымэ.
Шэфий Хьэчим Абдурэхьим и къуэр (1920 - 1998) пщIэшхуэ зиIэ цIыху гуащIафIэу дунейм тетащ. ЕгъэджакIуэущ и гъащIэ гъуэгуанэр къызэрыщIидзар, егъэджакIуэущ зэриухыжари. И япэ дерсхэр щитар 1940 гъэрщ, Дыгулыбгъуей школым щылажьэу.
Хэку зауэшхуэр иухыху лIыгъэ къигъэлъагъуэу хэтащ. Офицер хахуэм къратащ Хэку зауэм и орденитI, «И хахуагъэм папщIэ» медалыр, нэгъуэщI дамыгъэхэри.
Зауэ нэужьым Iуащхьэмахуэ районым и унафэщIу, егъэджакIуэу, Зеикъуэ курыт школым и директору лэжьащ. 1961 гъэм «КъБАССР-м и школым щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ» цIэ лъапIэр къыфIащащ.
1965 гъэм ди республикэм щекIуэкIа математикэ олимпиадэм Шэфийм етIуанэ увыпIэр къыщихьащ (япэр зыми хуагъэфэщакъым).
Хьэчим есэпымкIэ егъэджакIуэ Iэзэу щыта къудейм къыщымынэу, абы цIыхугъэшхуэ хэлът, къуажэдэсхэм пщIэ ин къыхуащIырт. Щылэжьа школым Шэфий Хьэчим и цIэр зэрехьэ иджы.
Шэфий Нажмудин Абдурэхьим и къуэр щIэныгъэм и гур хуэпабгъэу къэтэджащ. Ломоносовым и цIэр зезыхьэ университетыр къиуха нэужь, КъБКъУ-м къигъэзэж- ри, абы ассистенту, егъэджакIуэу щылэжьащ. Тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидатт. Доктор диссертацэри и кIэм нигъэблэгъат, ауэ хунэсакъым ар къыдихыну.
Шэфий Нажмудин цIыху хьэлэлт, ныбжьэгъу и куэдт, щIэныгъэфIи бгъэдэлът. Ар нэхъыбэу дэзыхьэхыр археологиерт. Ноби и пщIэр кIуэдакъым Шэфийм 1968 гъэм къыдигъэкIа «Къэбэрдейхэм я тхыдэмрэ хабзэмрэ курыт лIэщIыгъуэхэм» тхылъым.
Гъубжокъуэ ЛутIэ Мурат и пхъур (1915 - 1996) щIэблэр егъэджэным, гъэсэным илъэс куэдкIэ бгъэдэтащ. Лениным и цIэр зезыхьэ еджапIэ къалэ цIыкIум щIэсащ. 1931 гъэм Псыхуабэ къыщиухащ ФЗС-р (фабрично-заводской семилеткэ), Хэку зауэшхуэр къыщыхъея гъэм Налшык педучилищэр.
Къэсейхьэблэ къуажэм щIалэ дыдэу лэжьэн щыщIидзащ, пэщIэдзэ классхэм щригъаджэу. Зи IэщIагъэр фIы дыдэу зылъагъу хъыджэбз гумызагъэр и Iэнатэм хьэлэлу бгъэдэтт, сабийхэр нэхъыфIу зэрыригъэджэн IэмалыщIэхэр зэпымыууэ къилъыхъуэрт. 1957 гъэм абы къыфIащащ «РСФСР-м и школым щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ» цIэ лъапIэр. РСФСР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и ЩIыхь тхылъ, «И гуащIэдэкI лэжьыгъэм папщIэ» медалыр къратащ.
ЛутIэ ипхъу Жэмыхъуэ Розэ РСФСР-м щIэныгъэмкIэ и отличникщ, пэщIэдзэ классхэм илъэс куэдкIэ щригъэджащ. Абы и щхьэгъусэу щыта Жэмыхъуэ Мухьэмэд Розэ щылэжьа курыт школым и директоращ.
ЛутIэ и къуэ Руслан егъэджакIуэу щытащ, и нысэ СэIимэт курыт школ №1-м щолажьэ, егъэджакIуэ нэхъыфIхэм хабжэу.
Хэку зауэшхуэм ипэ илъэсхэм егъэджакIуэу лэжьахэщ ХьэцIыкIу Ибрэхьим, Шурдым Хьэпагуэ, Шыд Ибрэхьим, Токъмакъхьэ Хьэжумаррэ Хьидэрэ, Лосэн Мущтэфар, ХьэвцIыкIу ИсрэIил, Iэпщэ Азрэт, БжьыхьэлI Мысост сымэ, нэгъуэщIхэри.
Зауэ нэужьым ныбжьыщIэхэр егъэджэным, гъэсэным бгъэдэтахэщ Шэрхъ БетIал, Щомахуэхэ Мыхьмуд, Абдурэхьим, Лъостэн, Къумыкъу Лъостэнащ, Шыдхэ Мухьэз, Нухь, Ует Чылахъстэн, Бетыгъуэн Сэлим, Шурдым Залым, Шорэ Хужь, Щоджэн Менлы сымэ, нэгъуэщIхэри.
Къуэдзокъуэ Дэнял Щыхьымджэрий и къуэр (1926 - 1952) зэрыпсэуар илъэс 26-рэщ. ЗэрыжаIэу, зэфэну псыр къэжатэкъым дунейм щехыжам. ГъащIэм куэдкIэ щыгугъырти, и мурадхэр инт, зызрипщытахэр Iуэху щхьэпэти, псэхугъуэ имыщIэу лажьэрт, нобэ зэфIимыгъэкIамкIэ пщэдейрей махуэм щымыгугъыу.
Бахъсэн ГЭС-р зэфIэзыгъэувэжахэм ар яхэтащ, «ГуащIэдэкIым и ударник» цIэри къыфIащащ. 1946 гъэм щIидзэри псэуху адыгэбзэмрэ литературэмрэ школым щригъэджащ. ЛУГ-р къиухащ, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал пединститутми щеджащ.
Штатым хэмыт япэ корреспондентхэм ящыщт, и тхыгъэхэр радиокIэ къатырт, газетхэм къытехуэрт. Ди республикэм и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и УнафэкIэ 1951 гъэм Радиом и махуэм и щIыхькIэ Къуэдзокъуэ Дэнял къратащ ЩIыхь тхылъ.
Къуэдзокъуэр егъэджакIуэ Iэзэм къыщымынэу, тхэн Iуэхуми хуабжьу дихьэхырт. И усэхэр учебникхэм, «Къэбэрдей» альманахым къытрадзэрт, Iэрытхыу абы къыщIэнащ усищэм щIигъу, Iыхьищу зэхэт, напэкIуэцI куэд хъу «ЦIыхугъэ щэнкIэ псыхьа», «ДэIэпыкъуэгъу лIыхъужь» поэмэхэр. Апхуэдэу Дэнял зэхуихьэсыжащ псалъэжь, псалъэ шэрыуэ куэд, Хъуэжэ и таурыхъхэр, адыгэ хъыбархэр.
Куп Абдулчэрим КIэмац и къуэр Исмел хьэжым и къуэрылъхущ. 1951 гъэм Къэбэрдей къэрал пединститутыр, илъэс 20 дэкI-ри, КПСС-м и ЦК-м и парт школ нэхъыщхьэр къиухащ.
Зеикъуэ курыт школым физикэр, математикэр щригъэджащ. Iуащхьэмахуэ районым и унафэщIу, Къызбрун Езанэ школ- интернатым и директору лэжьащ. Нэхъ иужьыIуэкIэ КПСС-м и Тырныауз къалэ комитетым и 2-нэ секретару, къалэ исполкомым и унафэщIым и къуэдзэу лэжьащ.
Купыр лэжьащ партым и Къэбэрдей- Балъкъэр обкомым и инструктору, туризмэмкIэ областной Советым и тхьэмадэм и къуэдзэу, ВОИР-м и инженер нэхъыжьу, Налшык дэт курыт школ №9-м и егъэджакIуэу. Мызэ-мытIэу хахащ къуажэ, къалэ, район Советхэм я депутату.
Куп Абдулчэрим и лэжьыгъэфIым папщIэ къыхуагъэфэщащ КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и ЩIыхь тхылъхэр, медаль зыбжанэ.
Жылау Нурбий Хьудин и къуэр (1931 - 2004) ди республикэми нэгъуэщI щIыпIэхэми къыщацIыху егъэджакIуэ, гъэсакIуэ Iэзэт, жылагъуэ лэжьакIуэшхуэт. Ар УФ-м и ТхакIуэхэм, Журналистхэм я союзхэм хэ-тащ, тхыгъэ щхьэпэ куэд и Iэдакъэм къыщIэкIащ, тхылъипщI къыдигъэкIащ, абыхэм яхэтащ егъэджакIуэхэр зэрыгъуазэхэр, псалъэм папщIэ, «Адыгэ хабзэмкIэ дерсхэр», нэгъуэщIхэри.
И гъащIэм и нэхъыбапIэр Жылаум пищIащ егъэджэныгъэ, гъэсэныгъэ IэщIагъэм. ЕгъэджакIуэу, директорым и къуэдзэу лэжьащ, ауэ зы махуи зэпигъэуакъым и жылагъуэ Iуэхухэр.
1964 гъэм и уней библиотекэр Жылаум къуажэм хуит яхуищIащ, 1967 гъэм къуажэ музей къызэригъэпэщащ. Бахъсэн къалэм къыщызэIуихащ район, лъэпкъ музей, абы и унафэщIуи лэжьащ.
Зеикъуэдэсхэм ящыщу Нурбийщ япэу иужь ихьар и къуажэгъухэу Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я цIэ-унэцIэхэр зэхуэхьэсыжыным. А къалэн мытыншыр и кIэм нигъэсыху ар етIысэхакъым. Жылаур куэдрэ елэжьащ къуажэм и тхыдэр зэхуэхьэсыжыным икIи ар къехъулIащ. АбытIэ Хьэжмурат и гъусэу къыдигъэкIащ «Зеикъуэ: дыгъуасэрэ нобэрэ» тхылъыр.
Жылау Нурбий категорие нэхъыщхьэ зиIэ егъэджакIуэт, щIэныгъэ IуэхухэмкIэ РСФСР-м и отличникт, медаль, дамыгъэ зыбжанэ, щIыхь тхылъ пщIы бжыгъэхэр къыхуагъэфэщащ.
НыбжьыщIэхэм щIэныгъэфI егъэгъуэтыным хэлъхьэныгъэфI хуэзыщIахэм ящыщщ «КъБР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ» цIэр зыфIащахэу Къаскъул Iэбубэчыр Хьэпагуэ и къуэр, Шурдым Нажмудин Хьэпагуэ и къуэр, ЛIизэм Луизэ Мэжид и пхъур, щIэ-ныгъэ IуэхухэмкIэ отличникхэу Мэршэнкъул Хьэсэнбий, Щауэ Ждин, Ует Аслъэнбий, Къуныжь Зое, Шэфий Лейлэ, Сэбаншы Хъулимэт, Шыгъушэ Хьэбас, апхуэдэу Къуэдзокъуэ Хьэсэн, Шыгъушэ Алий, Щоджэн Iэмралий, Къазий Ахьмэд, Къуэдзокъуэ Аслъэнбий сымэ, нэгъуэщIхэри.
Зеикъуэ курыт щIэныгъэ щызрагъэгъуэт еджапIиплI дэтщ. Абыхэм щоджэ сабий 1500-м нэс. ЕгъэджакIуэхэм я бжыгъэр 180-м щIегъу. Абыхэм я нэхъыбапIэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ яIэщ.
Къуажэм дэтщ интернат, цIыхуи 160-м щIигъу щрагъаджэу. Илъэс куэдкIэ абы и унафэщIу лэжьащ Дэгу Чэрим. ЕгъэджакIуэхэм, гъэсакIуэхэм я бжыгъэр 67-рэ мэхъу. Зи цIэ фIыкIэ ираIуэхэм ящыщщ ТхьэлI Марие, Настуевэ Валентинэ сымэ, нэгъуэщIхэри.
Къуажэ сабий садым илъэс куэдкIэ и унафэщIу щыта Токъмакъ Зое МэчрэIил и пхъум къратащ «И лэжьыгъэфIым папщIэ» медалыр. Ар щIэныгъэ IуэхухэмкIэ СССР-ми РСФСР-ми я отличникщ. Зое и IуэхущIафэхэм нобэ къыпащэ Щоджэн Марузрэ абы и лэжьэгъухэмрэ. Сабий садым щаIыгъщ цIыкIуи 120-рэ, гъэсакIуэ 13, егъэджакIуитI щолажьэ.
УзэщIакIуэ
Куп Исмел
Шэфий Хьэчим
Жылау Нурбий
Жэмыхъуэ Хъусен
Шурдым Хьэпагуэ
АбытIэ Хьэжмурат
Шурдым Нажмудин
Химие щIэныгъэхэм
я кандидат
Шурдым Эльмирэ
ЕгъэджакIуэ
Щоджэн Лидэ
ГъэсакIуэ Iэзэ
Токъмакъ Зое
ГЪУКIАКЪУЭ Идар.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1912.txt"
} |
ЩIэныгъэ нэху
ДызэрызэрыцIыху лъандэрэ Лъостэн Владимиррэ сэрэ ди зэхуаку зэхущытыкIэ гуапэ къыдэхъуат. Ар Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэм щхьэкIэ щIэх-щIэхыурэ къызэджэрт икIи си Iуэху еплъыкIэр жызигъэIэрт. Сэ зыхэсщIэрт пщэрылъ къысхуищI къалэнхэр дагъуэншэу зэфIэсхыну ар къызэрысщыгугъыр. Сэри апхуэдэу сыкъызэрыщIэкIыным сыхущIэкъурт, пщIэшхуэрэ нэмыс лъагэрэ хуэсщIырти.
Хьэлэмэтракъэ, абы къалэну къыпхуигъэув дэтхэнэ зы Iуэхури творчествэ гуэр зыхэплъхьэн хуейуэ къыщIэкIырт. IэщIагъэлIым епсэлъылIэн и пэ къихуэу Лъостэным езым фIыуэ зыхуигъэхьэзырырт а зэIущIэм. Ар унафэщI IэкIуэлъакIуэр къызэрахутэ нэщэнэхэм ящыщ зыщ. КъБКъУ-м и ректору сыщыщыта зэманым сэ куэдрэ лэжьыгъэм къыщызгъэсэбэпащ Владимир дэслъэгъуауэ щыта Iуэху зехьэкIэр, цIыху хэтыкIэр, нэгъуэщI хьэл-щэнхэри. Мыхьэнэшхуэ зиIэ унафэ гуэр къэсщтэн и пэкIэ, сэ псэкIэ абы ноби сочэнджэщ, апхуэдэ щытыкIэм езыр къызэрикIыфынкIэ хъуну щIыкIэхэр гукIэ зэблызогъэкIри, нэхъ тэмэму къэслъытэр къыхызох.
Куэдым къащыхъурт ар цIыху ткIийуэ. ЩысцIыхуа япэ илъэсхэм сэри апхуэдэу къысфIэщIат, арщхьэкIэ ар щыуагъэт. Дауи, уи къалэн екIуу умыгъэзащIэу идэнутэкъым, ауэ ар езыр псэ къулей, гу щабэ зиIэ цIыху гъуэзэджэт. ЦIыхур зыхуэдэр занщIэу къэзыщIэф унафэщIт Лъостэныр. Дэтхэнэм и щыщIэныгъэри нэхъ зыхуэшэрыуэри зэ IуплъэгъуэкIэ къищIэф хуэдэт. И IэщIагъэкIэ, Iуэху зехьэкIэкIэ гунэс щыхъуа лэжьакIуэр нэхъри зэриIэтыным яужь итт. Псоми елIалIэ, дэтхэнэри зыхъумэ цIыху щыпкъэр езыр зэи зыщысхьыжыртэкъым, зыхуэсакъыжыртэкъым. Лэжьыгъэр абы и дежкIэ гъащIэт.
Университетым зэрызиужьым ар хуабжьу щыгуфIыкIырт. Лъостэным и фIыгъэ куэд хэлъщ нобэ республикэм щIэныгъэм щиIэ пщIэм, зэхъуэкIыныгъэщIэхэм я лъэхъэнэм ар мащIэу къигъэтIэсхъами. Владимир фIы дыдэу къыгурыIуэрт къэралым и зыужьыныгъэр зыхуэкIуэр, куэдрэ абы тепсэлъыхьырт, и гум хыхьауэ. КъБКъУ-м хамэ къэралхэм яхуиIэ пыщIэныгъэхэмкIэ проректору сыщигъэувам щыгъуэ, си лэжьыгъэр зэрызухуэнур къанэ щымыIэу си пащхьэ къыщызэпкърихат. Къэунэхуну зызыщI рынок зэхущытыкIэхэм къару ягъуэтмэ, Iуэхур зыхуэунэтIын хуейми сыщигъэгъуэзат.
Абы и жыIэм дытемыплъэкъукIыу иужькIэ дызэрытетар аращ къэралым щекIуэкIа политикэ, экономикэ, щэнхабзэ зэхъуэкIыныгъэхэм дыхэмыкIуадэу дыкъыщIыхэкIыфар. «Зэманым зэхъуэкIыныгъэ куухэм дыхуишэнущ, ауэ, дауэ хъуми, республикэм и къэкIуэнур куэдкIэ зэлъыта ди еджапIэ нэхъыщхьэр тэмэму лэжьэн хуейщ. ЩIэныгъэ нэхум и нурыр ди лъэпкъхэм хезыгъэдзэнури аращ», - жиIэрейт Владимир.
Щэджащэм и хъуэпсапIэхэм ящыщ куэд нобэ нэрылъагъущ.
КЪАРЭМЫРЗЭ Барэсбий, КъБКъУ-м и Президент.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1913.txt"
} |
Дэфтэр зыбжанэ къащтэ
КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ зи чэзу зэIущIэр дыгъуасэ иригъэкIуэкIащ. Абы хэтащ ФедерацэмкIэ и Советым и сенатор Ульбашев Мухьэрбий, УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Геккиев Заур, КъБР-м и прокурор Хабаров Николай, депутатхэр.
ЗэIущIэм щыхахащ республикэм и суд IуэхущIапIэ зыбжанэм я зэзыгъэкIуж хеящIэхэр. Налшык къалэм и суд IуэхущIапIэ №2-м ягъэуващ Бекишев Аслъэн, Налшык суд IуэхущIапIэ № 5-м - Бечелов Радмир, Тэрч районым и суд IуэхущIапIэ №2-м - Лъостэн Аслъэн.
Депутатхэр едэIуащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Конституцэм халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэм теухуауэ» КъБР-м и законым и проектым. КъБР-м и Парламентым Законодательствэмрэ щIыпIэ унафэр зэрызрахьэ IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Мэлбахъуэ Борис зэрыжиIамкIэ, Урысей Федерацэм и Конституцэм халъхьэ зэхъуэкIыныгъэм и IуэхукIэ 2020 гъэм гъатхэпэм и 14-м къыдагъэкIа «Къэрал унафэр зэрызрагъакIуэ Iуэхугъуэ щхьэхуэхэр егъэфIэкIуэным теухуауэ» УФ-м и Законым ипкъ иткIэ 2020 гъэм жэпуэгъуэм и 8-м КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ и унафэкIэ къызэрагъэпэщауэ щытащ КъБР-м и Конституцэмрэ республикэм и законхэмрэ халъхьэну зэхъуэкIыныгъэхэр зыгъэхьэзырыну лэжьакIуэ гупыр. Абы хагъэхьащ КъБР-м и Парламентым и депутатхэр, республикэм и Iэтащхьэм и Администрацэмрэ Правительствэмрэ, щIыналъэм и прокуратурэм, Урысейм ЮстицэмкIэ и министерствэм и щIыналъэ къудамэм, КъБР-м и Конституцэ, Нэхъыщхьэ судхэм, Жылагъуэ палатэм, КъБР-м цIыхухэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ уполномоченнэм и аппаратым, щIэныгъэ, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр. Абыхэм ирагъэкIуэкIа зэIущIи 6-м Iуэхугъуэ 70-м щIигъу къыщаIэтащ.
- КъБР-м и Конституцэм хэтлъхьэну къэдгъэлъэгъуа зэхъуэкIыныгъэхэр 40-м щIегъу, - жиIащ Мэлбахъуэм. - Нэхъыщхьэхэм ящыщу къыхэзгъэщынут: щIыналъэм и Конституцэм и Iыхьэ 70-м халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэмкIэ ягъэбелджылы Урысей Федерацэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэмрэ зэрызэдэлэжьэну унэтIыныгъэхэр. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къулыкъур зыхуагъэлъагъуэм хуагъэув мардэхэри нэхъ ткIий ящI. Апхуэдэу, КъБР-м и Конституцэм и Iыхьэ 79-м къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, а къулыкъур зратыну хуитыр Урысей Федерацэм зэпымыууэ щыпсэу цIыхурщ. Къэралым и Конституцэм и Iыхьэ 129-м халъхьа зэхъуэкIыныгъэм, Урысей Федерацэм и щIыналъэм и прокурор къулыкъум ягъэувыным теухуауэ къэрал IэнатIэхэм емычэнджэщыныр къызыщыгъэлъэгъуам, ипкъ иткIэ республикэм и Конституцэм и Iыхьэ 127-р (Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и прокурорыр зэрыхах щIыкIэр къыщыхьар) хагъэкIыж. Апхуэдэуи законопроектым тету Конституцэм хагъэкI хеящIэхэм я статусым, федеральнэ судхэм я лэжьыгъэр къызэрызэрагъэпэщым ятеухуа положенэхэр, сыту жыпIэмэ а Iуэхухэр зезыгъакIуэр федеральнэ законодательствэращ. Федеральнэ законодательствэм игъуэта зэхъуэкIыныгъэхэм тещIыхьауэ республикэм и Конституцэм халъхьэ зэхъуэкIыныгъэ зыбжанэр теухуащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэмрэ КъБР-м и Парламентымрэ я пщэрылъхэр гъэбелджылыным. Ахэри законопроектым къыщыгъэлъэгъуа адрей зэхъуэкIыныгъэхэри къыддэфIыгъыну дыщогугъ.
КъБР-м и Конституцэм халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэр япэ еджэгъуэм къыщащта нэужь, Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Осетие Ищхъэрэ-Аланиемрэ зэрызэдэлэжьэну щIыкIэм теухауэ зэхагъэува зэгурыIуэныгъэм тепсэлъыхьащ. КъБР-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Рахаев Борис къыхигъэщащ щIыналъэхэр сату-экономикэ, щIэныгъэ-техникэ, щэнхабзэ, нэгъуэщI IэнатIэхэмкIи зэрызэдэлэжьэну щIыкIэр законопроектым къызэрыщагъэлъэгъуар. Депутатхэм ар даIыгъащ.
КъыкIэлъыкIуэу япэ еджэгъуэу хэплъащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэми бюджетыр зыхущыщIэр зэгъэзэхуэн папщIэ, федеральнэ бюджетым къыхэкIыу щIыналъэм бюджет кредит къыхуэгъэкIуэным теухуа зэгурыIуэныгъэм дыщIагъужахэр къэщтэным теухуауэ» КъБР-м и законым и проектым.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир мэлыжьыхьым и 21-м УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым Зэрызыхуигъэзам къыщыгъэлъэгъуахэр гъэзэщIэным ехьэлIауэ КъБР-м и Парламентым иригъэкIуэкIыну Iуэхухэм. КъБР-м и Парламентым Къэпщытэныгъэмрэ регламентымкIэ и комитетым и унафэщI Кансаевэ Еленэ жиIащ республикэм и хабзэубзыху орган нэхъыщхьэр зэлэжьыну Iуэхугъуэ 28-рэ къызэрагъэлъэгъуар, абы Правительствэм хухах сыхьэту 10, комитетхэм я зэIущIэу 11, стIол хъурейуэ, семинару, конференцу 5, нэгъуэщIхэри къызэрызэщIиубыдэр.
ЗэIущIэм и кIэм Егоровэ Татьянэ депутатхэм ехъуэхъуащ накъыгъэ махуэшхуэхэмкIэ, апхуэдэуи къыхигъэщащ ТекIуэныгъэм и махуэм ирихьэлIэу Хэку зауэшхуэм хэтахэм гулъытэ зэрыхуащI хабзэм тетыну зэращыгугъыр.
БАГЪЭТЫР Луизэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1914.txt"
} |
ДУНЕЙМ ЩЫХЪЫБАРХЭР
Нобэ
♦Медсестрам и дунейпсо махуэщ
♦ЩIыуэпсым теухуа щIэныгъэ зэгъэгъуэтыным и махуэщ
♦1731 гъэм Ладогэ псыдэжыпIэм кхъухьхэр щызекIуэу хуежьащ.
♦1945 гъэм советыдзэхэм Прагэ къалэр нэмыцэ фашист зэрыпхъуакIуэхэм къыIэщIагъэкIыжащ.
♦1975 гъэм СССР-м и кинотеатрхэм щагъэлъагъуэу щIадзащ Бондарчук Сергей Шолохов Михаил и романыр и лъабжьэу триха «Они сражались за Родину» фильмыр. Къэралым щыпсэухэм ящыщу мелуан 40-м щIигъу еплъат абы.
♦1916 гъэм къалъхуащ мэкъумэш IэнатIэм и унафэщI, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Аргун Iэбубэчыр (ПIатIэ).
♦1917 гъэм къалъхуащ Абхъазым и цIыхубэ усакIуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Шинкубэ Бэгърат.
♦1933 гъэм къалъхуащ совет усакIуэ, тхакIуэ, архитектор, жылагъуэ лэжьакIуэ, СССР-м и Къэрал саугъэтыр зрата Вознесенский Андрей.
♦1935 гъэм къалъхуащ публицист, КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист Уэрыш Нурхьэлий.
♦1936 гъэм къалъхуащ шэрджэс еджагъэшхуэ, IуэрыIуатэдж, КъШР-м щIыхь зиIэ и журналист Брат Хьэсин.
♦1983 гъэм къалъхуащ урысей гимнасткэ цIэрыIуэ, Урысейм спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер, Олимп Джэгухэм я чемпионкэ, жылагъуэ лэжьакIуэ Кабаевэ Алинэ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Анэ зиIэм и Iэр быдэщ.
Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1915.txt"
} |
КIуэкIуэ Казбек хэтащ УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэм и деж щылажьэ советым и зэIущIэм
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек видеоконференц мардэм тету хэтащ Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэм деж щылажьэ советым иригъэкIуэкIа зэIущIэм. Абы щыхэплъащ хьэрычэт IэнатIэ мыинымрэ курытымрэ щIыналъэм зыщегъэужьыным, щIалэгъуалэ политикэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэр гъэзэщIа хъуным, къэзакъ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лэжьыгъэм ехьэлIа Iуэхухэм.
ЗэIущIэр къыщызэIуихым Чайкэ Юрий къыхигъэщащ хьэрычэт IэнатIэ мыинымрэ курытымрэ зегъэужьыным ди зэманым лъэпкъ экономикэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зэриIэр. Ар къызыхэкIри экономикэм а и къудамэм цIыхухэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэщын и лъэныкъуэкIэ щыIэ гугъуехьхэр зэригъэмащIэрщ, абы хэт IуэхущIапIэхэр зэхьэзэхуэурэ цIыхухэр махуэ къэс зыхуей хъу ерыскъыпхъэхэр, хьэпшыпхэр къыщIагъэкI, Iуэхутхьэбзэ зэмылIэужьыгъэхэр ящIэ, хамэ къэралхэм щащэхэми хагъахъуэ.
«Хьэрычэт IуэхущIапIэ мыинрэ курыту щыIэхэр щатха Реестрым къызэригъэлъагъуэмкIэ, Кавказ Ищхъэрэм Федеральнэ щIыналъэм апхуэдэу нобэм ирихьэлIэу мини 195-рэ щыIэщ. Апхуэдэу щытми, статистикэм къитхэр зэпэплъытмэ, федеральнэ округхэм я деж КИФЩI-м абыкIэ и Iуэху щыщIагъуэкъым - хьэрычэт IуэхущIапIэ мыинрэ курыту щатхар нэхъ мащIэ дыдэщ. Апхуэдэу зэрыщытым и зэран къокI щIыналъэхэм я экономикэхэм. Абы къалэну къегъэув хьэрычэтыщIэхэм IуэхущIапIэхэр зэрагъэлажьэр къэралым итхыным тегъэгушхуэным хуэунэтIа щытыкIэхэр бизнес IэнатIэм къыщызэгъэпэщыныр», - къыхигъэщащ Чайкэ Юрий.
Зыуэ щыт реестрым къызэритымкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым мы илъэсым и пэщIэдзэм ирихьэлIэу хьэрычэт IуэхущIапIэ мыинрэ курыту 17.860-рэ щагъэлажьэ. Абыхэм мылъкукIэ зыщIагъакъуэ «КъБР-м и шэсыпIэ фонд» НКО-мрэ «КъБР-м щылажьэ хьэрычэт IуэхущIапIэ мыинхэмрэ курытхэмрэ щIыхуэхэр етынымкIэ фонд» НМК-мрэ. 2020 гъэм къриубыдэу шэсыпIэ фондым IуэхущIапIэхэм щIыхуэу 109-рэ яритащ, псори зэхэту сом мелуан 237,3-рэ хъууэ. А фондыр шэс ихьэу хьэрычэтыщIэхэм щIыхуэ ятыным теухуа зэгурыIуэныгъэу зэращIылIам сом мелард 1,2-рэ хуозэ.
2020 гъэм кърикIуахэр щызэхалъхьэжым, Урысейм Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм къилъытащ республикэм и ШэсыпIэ фондым лэжьыгъэфI иригъэкIуэкIауэ икIи ар къэралыр кризисым щыхэт лъэхъэнэм нэхъыфIу зыкъэзыгъэлъэгъуахэм яхибжащ.
КъБР-м щылажьэ хьэрычэт IуэхущIапIэ мыинхэмрэ курытхэмрэ щIыхуэхэр етынымкIэ фондым 2020 гъэм апхуэдэ лэжьыгъэ езыгъэкIуэкIхэм щIыхуэ мыину 177-рэ яритащ, псори зэхэту сом мелуан 348,7-рэ хъууэ.
ЗэIущIэм зыщыхэплъэну яубзыхуахэм ящыщ Iуэхухэм я къыкIэлъыкIуэм и гугъу щищIым, Чайкэ Юрий къыхигъэщхьэхукIащ, УФ-м и Президент Путин Владимири мызэ-мытIу къызэрыхигъэщауи, урысей къэралыгъуэмрэ жылагъуэмрэ зегъэужьынымкIэ щIалэгъуалэм ядэлэжьэным, абыхэм я мурадхэр зрагъэхъулIэн папщIэ зэхуэдэ Iэмалхэр яIэным мыхьэнэшхуэ зэриIэр. Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм зыхуэгъэхьэзырын щыщIадзащ щIалэгъуалэм я «Мэшыкъуэ-2021» зэхуэсыр егъэкIуэкIыным.
- Зэи къэмыхъуауэ, зэхуэсым и дирекцэр зэхьэзэхуэм къыщыхахынущ, а Iуэхум нэфI-ней, нэкIэнащхьагъэ хамылъхьэн папщIэ, - жиIащ къэралым и УнафэщIым и лIыкIуэу щIыналъэм щыIэм.
Апхуэдэуи пащэ КИФЩI-м щыщ щIалэгъуалэу унафэщI къулыкъу дзыхь зыхуэпщI хъунухэр, абы пэлъэщынухэр къыхэхыным хуэгъэза лэжьыгъэхэми. «Кавказым и къэкIуэнур» унафэщI ныбжьыщIэхэм я щIыналъэзэхуаку клуб» зыфIаща щIэныгъэ проектым и япэ Iыхьэм цIыху 420-рэ хэтащ. КИФЩI-м хыхьэ щIыналъэ псоми къыщызэрагъэпэщащ «Кавказым и къэкIуэнур» клубым и къудамэхэр.
Советым и зэIущIэм апхуэдэуи щыхэплъащ къэзакъ зэгухьэныгъэхэм зегъэужьыным хуэгъэза зи чэзу Iуэхухэм.
«Лэжьыгъэшхуэ, мыхьэнэшхуэ зиIэ къытпэщытщ абы и лъэныкъуэкIэ. Абы и къалэн нэхъыщхьэр къэзакъ зэгухьэныгъэхэр къэрал унафэр зегъэкIуэным, къэрал къулыкъур ехьэкIыным хэгъэзэгъэнырщ, къэзакъхэм я щIэблэр хэкупсэу, дзэ къулыкъум хуэхьэзыру, хабзэ дахэ яхэлъу къэгъэтэджынращ, Урысей Федерацэм и къэрал щIалэгъуалэ политикэр пхыгъэкIыным хуэунэтIа лэжьыгъэм къэзакъ щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэр къыхэшэнырщ», - къыхигъэщащ полномочнэ лIыкIуэм.
Чайкэ Юрий зэIущIэм и кIэухым хэIущIыIу ищIащ УФ-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм коронавирусым пэщIэтыф мастэр цIыхухэм яхэлъхьэным теухуауэ къита бжыгъэхэр: Урысейм вакцинэр зыщыхалъхьэн хуейуэ ягъэувам и процент 16,5-м ар хаIуащ. Округым хыхьэ щIыналъэхэм а бжыгъэр щызэхуэдэкъым. Къапщтэмэ, Ставрополь крайм ар процент 14,5-рэ щыхъумэ, Дагъыстэн Республикэм проценти 4,7-м щынэблагъэу аращ.
Езыхэр зыхуей вакцинэр къыхахынымкIэ цIыхухэм Iэмал яIэн папщIэ округым хыхьэ щIыналъэхэм мыгувэу къаIэрыхьэнущ «Эпивак Корона» мастэр. Нэхъыбэу къыщIагъэкIыу хуежьэмэ, къашэнущ «КовиВак» мастэ лIэужьыгъуэщIэм хуэдэхэри.
«Гулъытэ нэхъыбэ хуэщIын хуейщ мастэр зыхегъэлъхьэным мыхьэнэшхуэ зэриIэр цIыхухэм ягурыгъэIуэным, хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэр, социальнэ сетхэр, нэгъуэщI Iэмалхэр къэгъэсэбэпауэ хэIущIыIу щIыпхъэщ ди къэралым къыщыщIагъэкI вакцинэр зэрышынагъуэншэр, ар сэбэп зэрыхъур икIи мастэр щызыхрагъалъхьэ хъуну зэманыр, щIыпIэхэр яхуэгъэлъэгъуапхъэщ», - апхуэдэ къалэнхэр къигъэуващ полномочнэ лIыкIуэм.
КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1916.txt"
} |
ХьэрычэтыщIэхэм фIыщIэ яхуещI
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек мэлыжьыхьым и 30-м яIущIащ республикэм и хьэрычэтыщIэхэм. ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым инвестицэ Iуэхухэр зэрыщрагъэфIэкIуэну Iэмалхэм.
КъБР-м и Iэтащхьэм къыхигъэщащ щIыналъэм и экономикэм зезыгъэужь IэнатIэхэм нэхъыщхьэ дыдэу республикэм и мэкъумэшыр, ухуэныгъэр, туризмэр зэращыщыр.
- Мэкъумэш IэнатIэ и лъэныкъуэкIэ республикэм лэжьыгъэхэр хъарзынэу щызэтеублащ, зи гугъу тщIыр илъэс куэдкIэ къызыпыкIэ жыгыщIэхэр хэсэнрами, гъавэ, хадэхэкI гъэкIынрами. ДяпэкIи а унэтIыныгъэхэм ягъуэт къэрал дэIэпыкъуныгъэхэр зэредгъэфIэкIуэнум и ужь дитынущ, - жиIащ КIуэкIуэ Казбек. - Туризмэм и гугъу пщIымэ, лъэпкъ проект зэхуэмыдэхэр къэралым щагъэзащIэ. Псалъэм папщIэ, нобэ УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Трутнев Юрий иригъэкIуэкIа зэIущIэм къыщигъэлъэгъуащ дэIэпыкъуныгъэ щыIэнухэм зэрахэтыр хьэщIэщхэр яухуэн папщIэ къащтэ кредитхэм щхьэкIэ субсидие зэрыхухахыну щIыкIэр. Ди дежкIэ абы мыхьэнэшхуэ иIэщ, сыту жыпIэмэ ди санаторнэ-курорт зыгъэпсэхупIэхэр едгъэфIэкIуэныр а Iуэхум хеубыдэ. Уеблэмэ а унэтIыныгъэм нэхъ жыджэру делэжьын хуейуэ къызолъытэ. КъБР-м и Правительствэм зэхигъэува планым тету, илъэсым и кIуэцIкIэ республикэм зыщызыгъэпсэхухэм я бжыгъэр мелуаным нэс хъун хуейщ. КъищынэмыщIауэ, мы зэманым къэралыр йолэжь псэупIэхэр зыухуэхэм зэрызыщIагъакъуэ Iэмалхэми. Абы къыхэкIыу инвестицэ Iуэхухэм фытезгъэгушхуэну сыхуейт.
ЗэIущIэм хэта хьэрычэтыщIэхэм жаIащ къыхалъхьэ инвестицэ Iуэхухэр и кIэм нэс ягъэзэщIэху, щIыналъэ унафэщIхэм я нэIэ тетын хуейуэ къызэралъытэр.
ЗэIущIэм и етIуанэ Iыхьэм КIуэкIуэ Казбек хьэрычэтыщIэхэм фIыщIэ яхуищIащ псапащIэ Iуэхухэм тещIыхьауэ 2020 гъэм и мэлыжьыхьым къызэрагъэпэща фондым я сом зэрыхалъхьам, коронавирусыр щекIуэкI зэманым республикэм щыпсэухэм дэIэпыкъуныгъэ зэрыратам папщIэ.
- Къалэну зыхуэвгъэувыжри, дэтхэнэри фыхущIэкъуащ ди цIыхухэм защIэвгъэкъуэну. Абы щыгъуэми фи цIэ, фи унэцIэ къэвгъэлъэгъуакъым, фи гум, фи псэм къыбгъэдэкIыу фызэкъуэуващ. ИкъукIэ мыхьэнэшхуэ зиIэщ ар, щытыкIэ гугъу гуэр урихьэлIа нэужь. Лъэпкъ, дин зэхэгъэж хэмыту, дэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэм зыщIэвгъэкъуащ. Си фIэщ мэхъу, адэкIи апхуэдэ лэжьыгъэфIхэр зэгъусэу едгъэкIуэкIыну, ди цIыхухэр я гур мамыру зэрыпсэуным дыхущIэкъуну», - жиIащ КъБР-м и Iэтащхьэм.
ПсапащIэ фондым и кIэлъыплъакIуэ советым и секретарь Ахъуэбэч Анзор зэIущIэм къыщызэщIикъуэжащ ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэр. Абы зэрыжиIамкIэ, коронавирусым зыщиубгъу зэманым Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэм зыщIагъэкъуэн мурадкIэ фондым сом мелуан 47-рэ хьэрычэтыщIэхэм зэрыщызэхуахьэсар. Ахъшэр хуаутIыпщащ сымаджэщхэм щылажьэ медицинэ IэщIагъэлIхэм я улахуэм яхущIыгъуным, зэрызахъумэж Iэмэпсымэхэр къэщэхуным. ЩытыкIэ гугъу ихуа унагъуэхэми фондым къыхэкI ахъшэкIэ зыщIагъэкъуащ: апхуэдэ унагъуэ хуэмыщIа мини 8-м ерыскъыхэкIхэр къыхуащэхуащ.
БАГЪЭТЫР Луизэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1917.txt"
} |
Гугъуехьым ипсыхьа Щомахуэ Хьэсэнбий
Щомахуэ Хьэсэнбий и гуэлыр.
Ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэ лъэпкъым къыдогъуэгурыкIуэ уэрэдымрэ пшыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэмрэ, ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, иужьрей зэманым ди уэрэдми ди къафэ-пшыналъэми захъуэжащ. ШэсыпIэ сихьэфынущ ди къэбэрдей къафэхэм хуэдэ Кавказым ис адрей лъэпкъхэм зэрамыIамкIэ. Уэрэдыр уэрэд зыщIыжыр фащэрщ. Иджы ар зэдмыпэсыжу, ди уэрэдыр нэгъуэщIу тхуэпэну дыхэтщ.
Композиторымрэ уэрэдусымрэ зыкъым. Музыкэ щIэныгъэ зимыIэ, ауэ зи псэр ушэр, къыхуэмыгъэувыIэу зыгуэр зыусыр уэрэдусщ. Апхуэдэ IэщIагъэлI нэгъэсауэ щытащ ПащIэ Бэчмырзэрэ («Уэзы Мурат») Къэжэр Индрисрэ («ПыIэ гъуабжэ плъыфэ»). Абыхэм къапоувэ нотэр зымыцIыхуахэу Ахъмэт Щэлэуат («Сэрмакъ»), Уэдыжь Хъусен («ЛатIиф и уэрэд»), Пщынокъуэ БетIал («ПшынэщIыжым и уэрэд») сымэ. Зи цIэ къисIуахэм яхуэдэу уэрэдускIэ уеджэ хъунущ Щомахуэ Хьэсэнбии. Абы и щыхьэту сыкъыщIэувыфынум и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр сызиредактору дунейм къытехьа «Уи гум сыкъэгъэкI» тхылъырщ. Абы уэрэд 20 итщи, дэтхэнэми я псалъэри макъамэри зейр Щомахуэрщ, жыпIэнурамэ, макъамэм хэлъ псэм и псалъэр поджэж! Абыхэм цIыхубэм къамыщтауэ зыри яхэткъым.
Сыту ди насыпт абы музыкэ щIэныгъэ иIамэ?! Ар лъэпкъым и цIыху нэсщ, зы къудамэ дахэ тхьэмпэбэу къыдэжамэ - ар Хьэсэнбийщ.
Тхьэм и фIыщIэкIэ, профессио-нальнэ композиторхэри диIэщ. Сыт и уасэ Санкт-Петербург дэт консерваторэм и аспирантурэр къэзыуха Къэбэрдокъуэ Мурат хуэдэ уи лъэпкъым къыхэкIыну! IэщIагъэлI нэс хъуа адыгэ щIалэмрэ уэрэдус Щомахуэ Хьэсэнбийрэ лъэпкъ щэнхабзэм, гупсысэ-кIэм, дуней еплъыкIэм и лъэныкъуитIщ. Мурат иджыпсту сыт хуэдэ цIыхубэ макъамэри ети, дунейм трихьэфынущ, Щомахуэр утыку къихьэу утемыукIытыхьу адыгэ уэрэдыжьхэр хужыIэнущ. Хьэсэнбий адыгэ уэрэдыжь куэд итхыжащ, абыхэм я тхыдэри едж, ахэр зэгъусэу зэрихъумэным яужь итщ. Лъэпкъым зыгуэр епхамэ, абы и уэрэдри и IуэрыIуатэри зэрызэхэщар Хьэсэнбий и псэм пхокI.
И лъэпкъым зы уэрэд нэхъ мыхъуми и Iупэм телъу къыхуигъэнамэ - ар уэрэдусщ. Хьэсэнбий и апхуэдэ уэрэд дапщэу пIэрэ цIыхум зэIэпахыр?! Языныкъуэхэм ар Щомахуэм ейуи ящIэркъым, ауэ, къызэрыхэбдзэу, къыбдежьуун щIадзэ. Ар насыпышхуэщ.
Макъамэм зыгуэр хэсщIыкIыу къызолъытэри, сэ къызэрызгурыIуэмкIэ, уэрэдыр уэрэд нэс хъун щхьэкIэ зыми емыщхьу къэгъэшыпIэ иIэн хуейщ. Ахэр Хьэсэнбий и уэрэдхэм хэлъщ нэрынэ-нэрынэу хэпхъауэ, зэщIэпщIыпщIэу.
ДжабитI зэхуакум дэс Зеикъуэ дыдэгъэхьи, мы дунейм псэ гуэр къуитамэ, умыусэнкIэ Iэмал имыIэу дахащэщ ар. АтIэми, сымаджэщым ущыкIуэкIэ джабэм ущыдэжым и деж узрихьэлIэ гуэл цIыкIуитIыр гъэщIэгъуэнкъэ? А щIыпIэр куэншыб идзыпIэти, Хьэсэнбий яфIигъэкъабзэри, зыгъэпсэхупIэ ищIащ, зэрыщыту и IэкIэ иухуащ. Мис ар дуней жэнэтщ, дуней жэнэт ухуеймэ. Iэпкълъэпкъ лэжьыгъэри акъыл лэжьыгъэри зыгуэрым зэдихьыфмэ - ар Щомахуэ Хьэсэнбийщ.
Хьэсэнбий хэхауэ пщIэ щIыхуэсщIыр сыт-тIэ? Зы макъамэ цIыкIу зыгуэрым иуцIырхъамэ, утыкум къолъадэри итщ - сэ сыкомпозиторщ, - жери, а псалъэм и купщIэр къыгурымыIуэми. Хьэсэнбий игъащIэм апхуэдэу къыжьэдэкIауэ зэхэсхакъым. Езыр цIыху щыпкъэщ, гъэсащ, адыгэлIщ, псэрылажьэщ. И гъащIэр дахэу, абы и псэр къыдэушэу дунейм тетщи аращ и уэрэдыр уэрэд щIэхъур. Мыр стхын хуейщ, жиIэу тIысхэм ящыщкъым ар, дахагъэ гуэрым егъэпIейтейри и псэр зэрихуэу аращ.
КъыгуэхыпIэ имыIэу ныбжьэгъу пэжщ. Абы и деж сокIуэри, а и жэнэтым сыхэсу псы макъым сыщIодэIу, дунейм и даущым сыходэIухь. Апхуэдэу дыщызэбгъэдэсым и деж и анэм и гугъу куэдрэ зэрищIыр си гуапэщ. Хьэсэнбий сэ схуэдэу фызабэкъуэщ, ауэ кIуэдакъым, гугъуехьым ипсыхь-ри, цIыху ищIащ, арагъэнщ и псэ дахагъэри къызыпкърыкIыр. Апхуэдэкъуэ зыгъэса анэм сыт хуэдэ уэрэдри хуэфащэщ, «Анэ» жыхуиIэ уэрэдри фIы дыдэу си ныбжьэгъум къехъулIауэ къызолъытэ.
Иухуа щIыпIэ дахэм нэхърэ нэхъ дахэж и дунейм Хьэсэнбийрэ абы и щхьэгъусэ Фузэрэ хапIыкIащ я бынхэри абыхэм я быныжхэри. Даущ тIысыпIэщ Хьэсэнбий и лъахэр икIи арагъэнщ ар къуршми жьыми щIыщIэдэIуфыр, акъужь щабэу и макъамэхэри щIэгуакIуэр.
Си анэм жиIауэ фIыуэ слъагъу псалъэхэмкIэ сыхуохъуахъуэ: дэрэжэгъуэ, гукъыдэж, гуфIэгъуэ, узыншагъэ. Мис а Iэнэ лъакъуиплIыр Хьэсэнбий сытым дежи иIэну си гуапэщ. Игури и псэри зэта и лъэпкъым иджыри зы уэрэд дахэ нэхъ мыхъуми хуиусыну, гурэ псэкIэ фIыуэ илъагъу и къуэрылъху-пхъурылъху цIыкIухэм я гуфIэгъуэ илъагъуну Тхьэм жиIэ.
ХЬЭIУПЭ ДжэбрэIил,
КъБР-м и Къэрал саугъэтым и
лауреат, Урысей Федерацэм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ
и лэжьакIуэ,
КъБР-м и цIыхубэ артист.
ГушыIэр зи гъащIэ дамэ Жэмыхъуэ CулътIан
Жэмыхъуэ СулътIан Мухьэмэд и къуэм (1927 - 1984) и гушыIэхэм щымыгъуазэ Зеикъуэ къыдэшыгъуейщ. Зи нэгур сыт щыгъуи зэлъыIухауэ щыта а лIы екIум узэрыхуэзэу япэу уигу къэкIырт: «Сыту пIэрэ иджы СулътIан къыскIэщIидзэнур?» - жыпIэу. Гуп яхэсмэ, я ныбафэр яIыгъыу псори игъэдыхьэшхырт, яхэмысмэ, и хъыбархэр зэпадзыжу яIуэтэжурэ, зэрыгъэнэжэгужэрт.
СУЛъТIАН и гушыIэхэр, ар щалъхуа къуажэм и гъунапкъэм икIри, ди республикэм и адрей жылагъуэхэми щызэлъащIысащ, «Жэмыхъуэ СулътIан жиIат» - жаIэу.
«Си ныбжьэгъухэм садэгушыIэнщ» жиIэу абы ямылей псалъэ е хъуэр гуэр къилъыхъуэртэкъым, атIэ кIуэрыкIуэм къыжьэдэкI дэтхэнэ и зы псалъэми гупсысэ щIэлът, адрейхэм ягу къэмыкI гуэрхэм езым псынщIэу гу лъитэрт.
Жэмыхъуэ СулътIан и гушыIэхэр адыгэбзэкIи урысыбзэкIи зэрыт тхылъ 2004 гъэм къыдэкIащ (хъыбар щитIым щIигъу). УрысыбзэкIэ зэзыдзэкIар Джэдгъэф Аслъэмырзэщ. Тхылъыр дунейм къытехьэным хэлIыфIыхьащ Жэмыхъуэ Хьисэ и къуэ Азрэталий. Абы ихуа хъыбархэр нэхъыбэу зытхыжар АбытIэ Хьэжмурат, Хъупсырджэн Хьэмидбий сымэщ.
Жэмыхъуэ СулътIан и гушыIэхэр сыт щыгъуи щIэ-щыгъуэщ, гукъинэжщ. Нэхъ иужьыIуэкIэ ятхыжахэм ящыщщ мы хъыбар кIэщIхэр.
* * *
Си ныбжьэгъур иривгъаплъэ
ЩIыхьэху ящIауэ унэ лъабжьэ зэтралъхьэрт. И ныбжьэгъур и гъусэу СулътIан къыщыIухьэм, мыващIэхэм ящыщ зым жиIащ:
- Ириплъэт, СулътIан, мы зэтетлъхьар захуэ хъуауэ пIэрэ?
И гъусэр нэ лъэныкъуэти, Жэмыхъуэр гушыIащ:
- Мы си ныбжьэгъум и нэр щIэукъуэнцIа хьэзырщи, ар иривгъаплъэ.
Нал бжьэдэлъу гъуэгум щхьэ утетт?
СулътIан машинэм дэсу лэжьапIэм кIуэрт. Гъуэгум тет и цIыхугъэ гуэрым Iэ къищIащ. АрщхьэкIэ ар къыхуэцIыхужатэкъыми, машинэр къигъэувыIакъым - а кърагъэкIых пащIэм хуэдэ игъэкIат. ИужькIэ щIалэм къыжриIэжащ къызэры-мыувыIар и жагъуэ зэрыхъуар. СулътIан жиIащ:
- Уэлэхьи, щIалэфI, зэхэзещхъуэн усщIамэ. Хэт ищIэнт нал бжьэдэлъу уэ гъуэгум утетыну?
Псоми йозэгъ
Iэнэм пэрыс гуэр ефэртэкъым, «фадэр къызэзэгъыркъым» жери. Ар щызэхихым, СулътIан абы жриIащ:
- Ар пэжкъым, щIалэ, аркъэм псори и зэхуэдэщ, нэфI-ней ищIыркъым, ар зэмызэгъи щыIэкъым. Уэрауэ къыщIэкIынущ абы емызэгъри, уезэгъынуи ухэмыт - уемыфэ! И гугъу умыщIмэ, абы уи гугъу зэи къищIынукъым…
Утыкум къыхуигъэщIа Хъупсырджэн Албэч
Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и артист, илъэс 25-м щIигъуауэ Музыкэ театрым и уэрэджыIакIуэ, «Бжьамий» ансамблым хэта, ди республикэм и мызакъуэу, щIыпIэ куэдым къыщацIыху Хъупсырджэн Албэч и макъыр зэ зэхэпхамэ, ар утыкум къыхуимыгъэщIауэ пхужыIэнукъым.
Албэч зэрымыщIэкIэ къыхихакъым IэщIагъэ хуэхъуар, атлетикэ хьэлъэми, волейболми, футболми дахьэхыр-ти, языхэзми фIыуэ хэзэгъэнут, ауэ духовой оркестрым хэту зызыгъэса щIалэм уэрэд жыIэныр и псэм нэхъ къищтащ.
Зэчий зыбгъэдэлъ цIыху лэжьакIуэм Iуэху дэпщIэну, сценэм удитыну сытым дежи тыншщ. Апхуэдэ щапхъэу Налшык дэт Музыкэ театрым щыIэ артистхэм къалъытэ Албэч, апхуэдэ пщIэр абы къилэжьащ и гуащIэмрэ и цIыху хэтыкIэ екIумкIэ. Ар оперэ, опереттэ, макъамэ спектакль куэдым хэтащ. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, «Не прячь улыбку», «Травиата», «Риголетто», «Сильва», «Горянка», «Къамботрэ Лацэрэ» оперэхэр, «Летучая мышь», «Цыганский барон» опереттэхэр, нэгъуэщIхэри.
Хъупсырджэным тещIыхьауэ Музыкэ театрым спектакль щигъэуви щыIэщ, баритону театрым иIэр Албэч и закъуэщи.
Зеикъуэ къуажэм щыщ щIалэм дагъуэншэу къохъулIэ адыгэ уэрэдхэри. Ар зыхэта «Бжьамий» ансамблым и гъусэу къэрал Iэджэм концертхэр щату къыщакIухьащ.
Сыт хуэдизу уи IэщIагъэм фIыуэ хыумыщIыкIми, уи дуней тетыкIэр цIыхухэм я гум дэмыхьэмэ, фIыуэ къыпхущытыну, пщIэ къыпхуащIыну ущIыщыгугъын щыIэкъым. Албэч цIыхухэм фIыуэ къызэралъагъум наIуэ къещI абы хабзэ, нэмыс зэрыхэлъыр, цIыху хэтыкIэ зэрищIэр.
Истэпан Залинэ.
ДжэгуакIуэ лIыжьищ - Сыжажэ Къылъшыкъуэ, Щоджэн Iэсхьэд, Къазий Мамышэ
ЦIыхухэм дэрэжэгъуэ ирату, я гуфIэгъуэр ягъэдахэу, я гузэвэгъуэр дагъэпсынщIэу Зеикъуэ дэсащ Сыжажэ Къылъшыкъуэ, Щоджэн Iэсхьэд, Къазий Мамышэ сымэ. Къылъшыкъуэ усакIуэт, накъырапщэ Iэзэт, Iэсхьэд уэрэд дахэу жиIэрт, шыкIэпшынауэт. Мамышэ пшынэ дыкъуакъуэр игъэбзэрабзэрт, пхъэцIычауэт. Адыгэ макъамэхэр, уэрэдыжьхэр а щым зыпащI щыIэтэкъым. Я мурад, я IуэхущIафэ, я дуней тетыкIэ зэтехуэри, зэгъусэ хъуат - зы ансамбль цIыкIут, зэкIэщIэпчынкIэ Iэмал имыIэу.
СЫЖАЖЭ Къылъшыкъуэ Аслъэнбэч и къуэр (1863 - 1945) джэгуакIуэ къудейм къыщымынэу, усакIуэ Iэзэт, и усыгъэхэр цIыхухэм гукIэ ящIэрт, газетхэм, тхылъхэм къытрадзэрт, радиокIэ къатырт, Iуэры-Iуэдзт, жьэнахуэт, гушыIэрейт, и ауаныр япэ иту, кIуэрыкIуэм тету усэ зэхилъхьэрт. Псалъэр Iэщэ жану къигъэсэбэпырт, захуагъэм, пэжым и телъхьэти, дэтхэнэ зыми хъуэр иридзыфырт, зригъэцIыхужрэ зыкъригъэщIэжу. Псалъэм папщIэ, жэщ къэрэгъулу зыхуэлэжьа приставым мурад ищIат Къылъшыкъуэ и улахуэр фIишхыну. АрщхьэкIэ уэрэд щыхузэхилъхьэм, гузавэри, абы щIыхуэр къритыжащ.
Сыжажэм лIыщIэн щыщIидзар Ашэбейщ (Малкэ), и усыгъэхэр цIэрыIуэ хъууэ щыхуежьари а лъэхъэнэрщ. Зэманыжьым мэкъумэшыщIэ тхьэмыщкIэхэм ятелъа гугъуехьым гу лъимытэу ар блэкIакъым, хуэшхыдащ:
Мы гъатхэ мыхъумыщIэм,
Сымаджэ щIыкIейм,
Мыгъэрей мэкъуншэм,
Шыншэ къэрэгъулым,
Мы удз къэмыкIым,
Фыз кIийрейм,
ДжэдыкIэ ныкъуэм,
Хьэтыкъ ныкъуищым -
А къомым сыкъелрэ,
Мэлыжьыхьым симыхьу
Накъыгъэм сытехьэмэ,
ТхьэлъэIушхуэ сщIыжынт…
Къылъшыкъуэ зэхилъхьа усэхэм ящыщщ «Пушкин», «Серго Орджоникидзе», «Зеикъуэ папщIэкIэ», «Налшык», «Бахъсэн и дыгъэ» зыфIищахэр. 1939 гъэм Сыжажэ Къылъшыкъуэ Москва яшэри «ЩIыхьым и Дамыгъэ» орденыр къратащ. Ар и бгъэм къыхилъхьащ Калинин Михаил.
Къылъшыкъуэ фIыуэ къицIыхурт Къалмыкъ БетIал, и ныбжьэгъуфIхэт ПащIэ Бэчмырзэ, Мечиев Кязим, нэгъуэщI цIыху цIэрыIуэхэри.
ДжэгуакIуэ Iэзэм и къуитху зауэм хэтащ. Абдурэхьмэн и закъуэщ псэууэ къэзыгъэзэжар. Ари, и адэм ещхьу, IуэрыIуэдзт. Адыгэ макъамэхэр фIыуэ илъагъурт, къэфакIуэ ансамблым хэтащ.
ЩОДЖЭН Iэсхьэд Тобий и къуэр (1849 - 1954) джэгуакIуищым я нэхъыжьт, ауэ нэхъыщIафэ тетти, фIыуэ зымыцIыхухэм, Iэнэ ягъэтIысын хуей хъуамэ, жьантIэр къыщыхуамыгъэфащэ щыIэт. Езыр сыт щыгъуи нэжэгужэт, гушыIэрейт, кIуэрыкIуэм усэбзэкIэ къохъурджэуэнут. Къуиблрэ пхъуищрэ иIащ. И щIалэхэу Ибрэхьимрэ Исмелрэ зауэшхуэм хэтащ, Ибрэхьим къигъэзэжакъым.
Iэсхьэд Iэзэу шыкIэпшынэ еуэрт, уэрэди дахэу жиIэрт. ГуащIэдэкIыр фIыуэ илъагъурт.
1914 гъэм Ригэ къалэм къикIыу Кавказым къэкIуа экспедицэм Зеикъуэ щитхыжауэ щытащ Сыжажэм, Щоджэным, Къазийм ягъэзащIэ «Сосрыкъуэ Тотрэш зэребэна» пшыналъэмрэ «Си къэшэн» уэрэдымрэ. Уэрэдыр жызыIэр Щоджэн Iэсхьэдщ. ИужькIэ «Мелодия» фирмэм ахэр зытратха пластинкэ къыдигъэкIащ.
КЪАЗИЙ Мамышэ Исхьэкъ и къуэр (1873 - 1952) Зеикъуэ джэгуакIуищым я нэхъыщIэт, цIыху пэжт, нэжэгужэт, нэмысышхуи зыхэлът. Мамышэ и къуитIри - Алыджыкъуи Хьэзизи - Хэку зауэшхуэм хэкIуэдащ. Алыджыкъуэ и къуэ Сенэ къэфакIуэ ансамблым хэтащ, адыгэ макъамэхэр фIыуэ илъагъурт, спортсмент. Адрей и щIалитIыр - Мухьэзрэ Ахьмэдрэ - егъэджакIуэщ.
Къазийм пшынэ дыкъуакъуэр игъэбзэрабзэрт, пхъэцIычми Iэзэу еуэрт, зыхэмызагъэ щымыIэу, IэпщIэлъапщIэт, и Iэпэм дыщэ къыпощ къыхужаIэрт. Гурыхуэт, илъэгъуар и нэгум къыщIэнэрт, зэхихар и гум къинэрт. Гъунэгъухэм яхуэгуапэт, зэрыхузэфIэкIкIэ защIигъакъуэрт.
Унагъуэр игъэпсэун щхьэкIэ, джэгуакIуэ къалэныр и IэщIагъэ нэхъыщхьэу щымытами, къуажэм зы гуфIэгъуи щекIуэкIыртэкъым Мамышэ ирамыгъэблагъэу. Ар нэгъуэщI жылагъуэхэми фIыуэ къыщацIы-хурт.
Къазий Мамышэ дунейм ехыжа нэужь, и пшынэ дыкъуакъуэр Ленинград яхьащ икIи а къалэм дэт музейхэм ящыщ зым ноби щахъумэ.
АБЫТIЭ Хьэжмурат.
Нэхущ Чэрим и вагъуэ
Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ, Ингуш, Осетие Ищхъэрэ - Алание республикэхэм я цIыхубэ, щIыхь зиIэ я артист, уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Нэхущ Чэрим и уэрэдхэм куэд дыдэ дахьэх.
ФIэщщIыгъуейщ 90 гъэхэм къэунэхуа уэрэджыIакIуэм и уэрэдхэр зымыцIыху, ахэр фIыуэ зымылъагъу зы адыги дуней псом тебгъуэтэну. АдыгэбзэкIэ, адыгеибзэкIэ, абазэбзэкIэ, урысыбзэкIэ, осетиныбзэкIэ уэрэдхэр зыгъэзащIэ Нэхущыр нэхъыжьхэми щIалэгъуалэми ягу нос. Илъэс 25-рэ хъуауэ утыку ит уэрэджыIакIуэм ИлъэсыщIэм, цIыхубзхэм я махуэшхуэм ирихьэлIэу ит концертхэм цIыху куэд къезышалIэр абы хэлъ адыгагъэмрэ и лъэпкъым хуиIэ лъагъуныгъэ мыкIуэщIымрэщ. Къэбгъэлъагъуэмэ, Москва и «Крокус-Сити Холл» залышхуэм нэгъабэ концерт ин щитащ, лIэщIыгъуэ плIанэ хъуауэ утыку зэритым и щIыхькIэ. КъыкIэлъыкIуэу, Краснодар, Мейкъуапэ, Налшык, Черкесск, Владикавказ, Тырку Республикэм и Анкара, Къайсэр къалэхэм ехъулIэныгъэ инхэр къыпэкIуэу концертхэр щитащ. Ди щIыналъэм и мызакъуэу, ар щыцIэрыIуэщ адыгэхэр щыпсэу хамэ къэралхэми. Пшыхь гукъинэжхэр абы щригъэкIуэкIащ Сирием, Тыркум, Германием, Израилым, Голландием, Великобританием, нэгъуэщI щIыналъэхэми.
Адыгэ хабзэм, нэмысым щIапIыкIа Чэрим хьэл-щэн дахэ, дуней тетыкIэ екIу дыболъагъу. Аращ абы цIыхухэм пщIэ лей къыщIыхуащIыр. Нэхущым и уэрэдхэм купщIэ ящIэлъщ, адыгэбзэр, хабзэр, нэмысыр, бзэр хъумэным, нэхъыжьым пщIэ хуэщIыным цIыхухэр къыхураджэ, абыхэм едаIуэхэм я псэм дахагъэ, гуапагъэ къыщегъэуш. А псом къыдэкIуэу, Чэрим и творчествэм дихьэх, зи узыншагъэр мыщIагъуэ сымаджэхэм я Iыхьлыхэр къыщелъэIукIэ, кIуэурэ я гукъыдэжыр къеIэт. Апхуэдэу и утыку итыкIэр зигу дыхьэ нэхъыжьхэри гулъытэншэ ищIыркъым.
Нэхущым республикэм и макъамэ гъуазджэм хэлъхьэныгъэфI хуищIа, ехъулIэныгъэфIхэр зыIэригъэхьа, лъагапIэхэм дэкIуея пэтми, махуэ къэс и зэфIэкIым хигъахъуэ, зэпымыууэ зиужь зэпытщ. Чэрим Адыгэ Республикэм и Улапэ къуажэм щIыхь зиIэ и цIыхущ, Къандур Иззэт и цIэкIэ Иорданием щагъэува дунейпсо саугъэтым и лауреатщ, «Илъэсым и цIыху», нэгъуэщI саугъэтхэри къратащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкIа «Илъэсым и уэрэд» фестивалым «УэрэджыIакIуэ нэхъыфI» цIэр къыщыхуагъэфэщащ. И уэрэдхэр щызэхуэхьэса альбом зыбжанэ зэкIэлъыкIуэу къыдэкIащ.
«Звёзды Северного Кавказа», «Рекламный калейдоскоп» журналхэр, «RONDE» сабий журналыр къыдэзыгъэкI «Амадеус» рекламэ агентствэм и унафэщI Къудей Фаридэ нэгъабэ къыдигъэкIащ «Черим: «Дарю добро» зыфIища тхылъыр. Ар тыркубзэкIэ иджыблагъэ Истамбыл дунейм къыщытехьащ.
Тхылъым къыхощ Нэхущым и сабиигъуэр лъагъуныгъэкIэ гъэнщIауэ зэрыщытар, ар макъамэм зэрыхуеджар, и адэ-анэм хабзэм, нэмысым зэрыщIапIыкIар, нэгъуэщIхэри. Чэрим и япэ егъэджакIуэ КIэм Людмилэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин, Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и институтым и ректор Рахаев Анатолэ, и ныбжьэгъухэу, и лэжьэгъу артистхэу Гумэ Маринэ, Хьэрэдурэ Динэ, Сокъур Ольгэ, Даур Иринэ, Аслъэн Iэсият, Тхьэгъэлэдж Светланэ, Хъыжьрокъуэ СулътIан, Газаев Алим, Хьэцей Тимур, Бабыгуей Ларисэ, Нэхущым и творчествэр фIыуэ зылъагъу сурэтыщIхэм, егъэджакIуэхэм артистым теухуауэ жаIахэр тхылъым и напэкIуэцIхэм щызэкIэлъыхьащ. КъыдэкIыгъуэм хагъэхьащ Чэрим и унагъуэ архивым щыщу и адэ-анэм, и щхьэгъусэ Лианэрэ я бынхэу Ассанэ, Мурат, Салинэ, и лэжьэгъу, и ныбжьэгъу Лосэн Тимур, Сокъур Ольгэ, Гумэ Маринэ, и концертым кърихьэлIахэм я гъусэу траха сурэтхэр.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Уэрэдус Къуэдзокъуэ Зое
Пшынауэ Iэзэ, уэрэдус Лосэн Тимур
Уэрэдус Жылау Арсен
Нэгумэ Шорэ и фэеплъыр.
Уэрэдус Iэзэ Согуэ Данил
Хъупсырджэн Албэч
Нэхущ Чэрим
КъБАССР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Щоджэн Еленэ
Уэрэдус, усакIуэ Щомахуэ Хьэсэнбий
Пшынауэ Iэзэ БжьыхьэлI Аулинэ
Щоджэн Iэсхьэд, Сыжажэ Къылъшыкъуэ, Къазий Мамышэ. 1939 гъэ
Ещанэ курыт еджапIэр.
Сыту дахащэ ХьэтIохъущыкъуей Ипщэм и Iэшэлъашэхэр!
Зеикъуэ. Къэзанокъуэ Жэбагъы и фэеплъым деж.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1918.txt"
} |
Мэрем пшыхь
Псалъэжьхэр
Дунейр чэзущ
Япэ умыуэ, къауэм ущымысхь.
«Акъыл уэстын, хьэмэрэ былым уэстын?» - щыжаIэм, «Акъыл къызэти, былым сэ къэзгъуэтыжынщ», - жиIащ.
Акъылыр жыжьэу маплъэ, нэр абы и лъагъуэм ирокIуэ.
Вы хъунур шкIэ щIыкIэ къыбощIэ.
Гур зыхуеIэм, Iэр лъоIэс.
ГуфIэгъуэри гуIэгъуэри къызэдокIуэ.
Делагъэм уритепщэ нэхърэ, акъылым урипщылIмэ, нэхъыфIщ.
Дунейр чэзущ.
ЖаIэ псор къэхъуркъым, къэхъу псор яIуатэркъым.
Зым и хущхъуэр зым и щхъухьщ.
КIапсэр и псыгъуапIэм щызэпоч.
Мыщэ дыгъужь фIэбэлацэщ.
Адыгэм я нэхъ тхьэмыщкIэри бысымщ.
АкъылыфIэм делэми бзэ къыхуегъуэт.
Бзаджэм уи кIэр иубыдмэ, пыупщIи блэкI.
Быным къыщхьэщыж хабзэкъым.
Гугъэ нэпцIыр щхьэгъэпцIэжщ.
Делэм уи пыIэ хуэгъэтIылъи блэкI.
Жьым еубзи, щIэр гъэгушхуэ.
Захуэм - хабзэр и телъхьэщ.
Зы жьэм жьэдэкIыр, жьищэм жьэдохьэ.
Зым ищIэр щэхущи, тIум ящIэр нахуэщ.
КIэпIейкIэ зымылъытэр, кIэпIейкIэ и уасэкъым.
ЖыIэгъуэхэр
И пщалъэр умыщIэмэ
Лъагъуныгъэмрэ насыпымрэ хухэха зэманыр псынщIэу мажэ.
Щэхуу пщIа гуапагъэм щыгъуазэр Тхьэм и закъуэщ, ауэ псоми ялъагъуу фIыгъуэ къыпэкIуэжынущ.
И пщалъэр умыщIэмэ, фори гын пхуэщIынущ.
Лэжьыгъэм хуэмыщхьэх цIыхум ищIэн сытым дежи иIэщ.
Псэущхьэм и фэр нэхъ тыншу ихъуэжыфынущ цIыхум и хьэл-щэным нэхърэ.
ЗымыщIэр езыр зыхуэсакъыжын хуейуэ аращ, гъуэщам адрейхэр къыдэIэпыкъупхъэщ.
Гъуэгу зыкIуфынур кIуэращ жаIэ, пэжыр къэзыхутэфынури къэзылъыхъуэращ.
ГъащIэр нэхъ пудыху, лIэныгъэр нэхъ лъапIэщ.
Хъурей Феликс.
ГушыIэхэр
ХъуэпсапIэ
Студентым бэджэнду къищта фэтэрыр зейр къыщыхьащ:
- Мазэ къэс фэтэрыпщIэр къызэптыну дызэгурыIуащи, абы дытегъэт. МазитI блэкIащи, абы и уасэр къызумытауэ ущIэзгъэкIынукъым.
- Упсэуарэт! Куэд щIауэ сызыщIэхъуэпсар къызэхъулIащ, фэтэр сиIэ хъуащ!
Дыкъэгъафэ
Адэм иущиин и гугъэу, и пхъум бгъэдотIысхьэ:
- Ленэ, зыгуэр бжесIэнущи, къызэдаIуэ.
- Папэ, нобэ Iейуэ сешащи, сынодэIуэфынукъым, дыкъэгъафи нэхъыфIщ.
Машинэр зэхъуэкIын хуейщ
Жьы дыдэ хъуа и машинэм ису дадэр машинэ щызэрагъэпэщыжым Iухьащ.
- Уа, си щIалэ, мы си машинэм фIыуэ къижыхьыжыркъым, дагъэр зэхъуэкIын хуэмейуэ пIэрэ?
- Хьэуэ, дадэ, дагъэм зыри и лажьэкъым, зэхъуэкIын хуейр уи машинэращ.
Дэ къытхуатх
Абы хуэдэлIкъым яукIыр
Жанхъуэт хьэблэр зыгъэтIысауэ къалъытэ Жанхъуэт и къуэм и хъыбар куэд щыIэми, мыбы зыщIыпIи сыщрихьэлIауэ сщIэжыркъым.
Къуажэр щытIысагъащIэм жылагъуэр зэдэарэзыуэ Жанхъуэт унафэщIу хахауэ щытащ. ПцIыр сыткIэ щхьэпэ, и пщэ къыдэхуэ къалэныр хъарзынэу зэфIигъэкIыу, къуажэ унафэ хуэщIу, и псалъэм пщIэ иIэу щытащ. И ныбжьыр щыхэкIуатэм, лIыжь губзыгъэм, емыкIу къихьынкIэ шынэри, къуажэр зэхуишэсащ, и къулыкъур нэхъ зыхуэфащэу къалъытэр хригъэхыну. Къуажэдэсхэр зэчэнджэщыжри, АслъэныкъуэкIэ еджэу я къуажэ дэс щIалэ ахъырзэманым къытеувыIащ. Ауэ щыхъукIи, къуажэм хьэщIэ къахуэкIуэмэ, нэхъыжьу бгъэдагъэсыну Жанхъуэт ираджэ хабзэт. Апхуэдэу екIуэкIыурэ, зэгуэрым къуажэм хьэщIэ къызэреблэгъам и хъыбар Жанхъуэт къыIэрохьэ, махуэ псом ежьа щхьэкIэ джакIуэ къыхуэкIуакъым. ЛIыжьым ар игу хутемыгъахуэу, тридзэри, Аслъэныкъуэ деж кIуащ:
- Сыт, Аслъэныкъуэ, уи закъуэ хьэщIэ бгъэхьэщIэж зэрыхъурэ куэд щIа? - жиIащ Жанхъуэт, и псалъэхэм губжь зэрыщIэлъыр хуэмыбзыщIу.
ЩIалэм абы къыпидзыжын щимыгъуэтым, и щхьэр ирихьэхри:
- Сыпщысхьащ, Жанхъуэт, - жиIащ.
ГъащIэ зылъэгъуа лIыжь губзыгъэм къыгурыIуащ ар зымыдар Аслъэныкъуэ и щхьэгъусэр арауэ зэрыщытыр, икIи зыри жимыIэу къыщIэкIыжащ.
Аслъэныкъуэ и лэжьакIуэхэм ящыщ зым зэрыщыIеяр Жанхъуэт къыщищIэм, ириджэри:
- Аслъэныкъуэ мазэ улахуэу къуитым хуэдиз уэстынщ и щхьэгъусэмрэ езымрэ сэр щхьэкIэ ныжэбэ жаIэр къызжепIэжмэ, - жеIэри, гуроIуэ.
АдэкIэ абы Жанхъуэт къригъэдэIуащ Аслъэныкъуэрэ и щхьэгъусэмрэ яку къыдэхъуа псалъэмакъым. Пщыхьэщхьэм Аслъэныкъуэ и щхьэгъусэм жриIэжащ Жанхъуэт къызытекIухьа щхьэусыгъуэр икIи хьэщIэхэм бгъэдигъэсыну къызэрыримыгъэблэгъамкIэ зэрыукIытэжар.
- А лIыжьым уи унафэ щIебгъэщIращ сымыщIэр. Жылэм я унафэщIыр уэрамэ, жьантIэр зейри уэращ, дяпэкIэ ар ди унэ къихьауэ сумыгъэлъагъу. Жылэм дэши, гъэкIуэд е укIи къэкIуэж, - жиIащ бзылъхугъэм щIыкIэншэу зызэкIэщIишыурэ.
- А зиунагъуэрэ, апхуэдэ емыкIу нэхъыжьым иращIэрэ? – пидзыжащ абы и щхьэгъусэм къэуIэбжьауэ.
Аслъэныкъуэ сыт жимыIами, щхьэгъусэм и бзаджагъэр текIуэри, Жанхъуэт лей кIэлъызэрихьэну арэзы ищIащ.
Махуэ гуэрым Аслъэныкъуэ Жанхъуэт и деж кIуэри, и гъусэу зекIуэ ежьэну елъэIуащ. Щежьэну пIалъэмкIэ зэгурыIуэри, ахэр зэбгрыкIыжащ.
Зэманыр куэдрэ кIуэрэ?! ЗэраухылIа пIалъэр къэблагъэри, ахэр ежьащ.
Гъуэгум здытетым, зы щIыпIэ гуэрым нэсу Аслъэныкъуэ къэувыIэну мурад щищIым, Жанхъуэт идакъым:
- Мы дыкъыздэсар шкIэ хъупIэу сиIа щIыпIэращ, дауэ дыкъыщызэтеувыIэн мыбдеж? - жиIэри.
Гъуэгуанэ IыхьэфI къызэранэкIауэ Аслъэныкъуэ аргуэру къэувыIэну тогушхуэ, Жанхъуэтым и былым хъупIэу щытам деж къыщыувыIэну зэрыфIэемыкIур къыщызэпхигъэIукIым, модрейр къодзыхэри, унэмкIэ къаунэтIыж.
Аслъэныкъуэ къыпежьа и щхьэгъусэм и напщIэр хишу къоплъ, «КIэ ептакъэ?» жыхуиIэу.
- Абы хуэдэлIкъым яукIыр! - жеIэри мыдрейри лэгъунэм щIохьэж.
Абы фIэкIа хэмылъу зэщхьэгъусэхэр зэщыIеящ.
Жанхъуэт лIыжьым бзылъхугъэм и хьэгъэщагъэр къыгурыIуати, унэIут щIалэр зэщхьэгъусэхэм якIэщIигъэдэIухьыну егъакIуэ.
- Мы лIыжь кхъахэр щыпхуэмыгъэкIуэдкIэ, еуи укI, - жи бзылъхугъэ губжьам, пэшыр хуримыкъуу къызэхикIухьыурэ.
Аслъэныкъуэ и щхьэгъусэм щошынэри, акъылэгъу дохъу.
Аргуэрыжьти, Аслъэныкъуэ Жанхъуэт къегъэдаIуэри, ирешажьэ. Тенджыз ФIыцIэм и Iэгъуэблагъэхэм нэсауэ:
- Мы щIыпIэхэм си ныбжьэгъу щIалэ щыпсэууэ щытащ, дыщIэупщIамэ, хуабжьу и гуапэ хъунут, - жеIэ Жанхъуэтым.
Аслъэныкъуэ и мурад бзаджэр къемыхъулIэнкIэ шынагъуэ зэрыщыIэм къигъэдзыхащ. ЛIыжьым жыхуиIа и ныбжьэгъури куэдрэ къамылъыхъуэу къагъуэтащ. КъызэрыщIэкIымкIэ, а тхьэмыщкIэр илъэс Iэджэ ипэ нэф хъуат.
- А си псэр къурмэн зыхуэсщIын, сыпщIэбэгыу си гъащIэр сыбогъэхьри, упсэуж си гугъакъым, - жи нэфым и нэпсхэр къыщIэжу. - Зы лъэIу пхузиIэщ. Ди щIыпIэхэм си лъы щIыхуэ телъу бий щызиIэщ. А лIы ябгэм и лъым щыщ уи хьэзырылъэхэм из къысхуэпхьрэ себгъэфамэ, асыхьэту си псэр хэкIми, «солIэ» жысIэнтэкъым.
- Ар Iуэху тIэ, - жеIэри, Жанхъуэт унэм къыщIокI.
Жэщыбгым фIыуэ фIэкIат Жанхъуэт и ныбжьэгъум и бийм деж щынэсам. Маджэ, лIыр къыдешри, и пIэ къримыгъэкIыу еукI, и хьэзырылъэхэм из лъы къещтэри и ныбжьэгъум деж къегъэзэж. ЛIыжь нэфым игу зэгъауэ фIыщIэ хуещI и ныбжьэгъум.
- ЕмыкIу сыкъыумыщI, ауэ иджыри зы лъэIу пхузиIэт, - жеIэ лIыжьым.
- СхузэфIэкI къэзгъэнэнкъым, - етыж жэуап Жанхъуэт.
- Я дэкIуэгъуэ хъуауэ хъыджэбзитI сиIэщи, ахэр мы щIыпIэм къизнэнкIэ зы Iэмал щыIэкъым. Уи анэмэтщ.
АдыгэлI зэрихабзэу, Жанхъуэт и ныбжьэгъур игъэщIэхъуакъым. Ауэ хъыджэбзхэр къызэришэн шы хуейти, Аслъэныкъуэ здыщIигъури дыгъуакIуэ ежьащ. ХакIуапцIэ екIу хэту шы гуартэ къахуу къыщысыжым, хъыджэбзхэм я адэр дунейм ехыжауэ кърихьэлIэжащ. ЛIыжьым и хьэдащхьэр зыхуей хуагъазэри къежьэжащ.
Къуажэбгъум къэсыжауэ къызэтеувыIахэщ. Жанхъуэт хъыджэбзитIыр я деж ишэри къигъэзэжащ, итIанэ «шы зимыIэхэр фыкъыдэкI» жиIэу къуажэм гъуо хигъэхьащ. Къуажэбгъум деж къэкIуа дэтхэнэми шыкIэ хуэупсащ. Абы иужькIэ щхьэж и унэ кIуэжащ.
Жанхъуэт унэм къэсыжа иужь, и бзэгузехьэм еджэри Аслъэныкъуэрэ и щхьэгъусэмрэ ныжэбэ зытепсэлъыхьыр къыхуиIуэтэжыну унафэ хуищIащ. Бзэгузехьэм и къалэныр игъэзэщIа иужь, пщэдджыжьыр нэхутхьэху къэхъуа къудейуэ, Жанхъуэт Аслъэныкъуэ деж йоблагъэри, зэщхьэгъуситIми захуапэу къыщIэкIыну яхурегъэIуэху, абы хэтуи выгур зэщIрегъащIэ.
- Мы цIыхубзыр выгу чы пцIанэм тесу и дыщ бошэж, гупкIэр унэмкIэ богъазэ, уоIэдэкъауэри ибодзыж. Ар пхузэфIэмыкIынумэ, зэщхьэгъуситIми фи псэр мыбдеж щыхэсхынущ, - жиIэри, Жанхъуэт и къамэр кърихащ.
Аслъэныкъуэ нэгъуэщI къыщыхуэмынэм, и щхьэгъусэр и дыщ ишэжри, унафэ къызэрыхуащIам хуэдэу, иридзыжащ. Абы яужь зэмани дэкIыжауэ Жанхъуэт Аслъэныкъуэ деж къэкIуауэ:
- СлIожь, Аслъэныкъуэ, уи фызым куэдрэ ухуэщыгъуэу ущысыну? – къыжреIэ, ауан ищI щIыкIэу.
- Унафэр ууейщ, Жанхъуэт, зэрыжыпIэм хуэдэу сщIынщ, - къет мыдрейми жэуап.
Жанхъуэтым и ныбжьэгъум и пхъуитIым языр Аслъэныкъуэ къритыну щыжиIэм, щIалэр арэзы тохъуэри, нэчыхь ирагъэтх. Адрей хъыджэбзми хуэфэщэн къыхуегъуэтри, унагъуэу егъэтIысыж. Апхуэдэ щIыкIэкIэ Жанхъуэт и ныбжьэгъум и пхъуитIри зыхуей хуигъэзащ, жылэри ихъумащ.
Бесчокъуэ Далым,
Хьэтуей къуажэ.
Чэнджэщхэр
ЛIыфI зи тхьэмадэ лъэпкъым и пщIэр инщ
И лъэпкъэгъу дэхуэхам зыхуэзымышийр шхий и уасэкъым.
Зи напэ зымыхъумэр напэншэмэ, зи хэку зымыхъумэр лIыгъэншэщ.
Уи щхьэм ухуэлажьэмэ, уи жып къихъуэнщ, лъэпкъым ухуэлажьэмэ, уи пщIэм хэхъуэнщ.
Зи бзэ зыфIэкIуэдам цIыхугъэм и нэхъ лъапIэм щыщ хощI.
ЛIыфI зи тхьэмадэ лъэпкъым и пщIэр инщ.
Уи щхьэм зэран хуэхъуам хуэбгъэгъу хъунущ, бгъэгъу мыхъунур уи лъэпкъым къытехьэ лейрщ.
Уи псэр хэлъхьи, уи бзэр къегъэл.
ЦIыхугъэшхуэ зыхэлъ лъэпкъым гуащIэшхуэ хуэщщ.
Узыхэсым и лъабжьэ къэптIыныр уи мащэ къэптIыж пэлъытэщ.
ГубэщIыкI Владимир.
Сабийхэм папщIэ
ЕгъэджакIуэм и зы махуэ
ФIы дыдэу илъагъу и егъэджакIуэр нобэ нэщхъейуэ къыщыхъурт Хьэдис. Пэжщ, зэрихабзэу, гъэщIэгъуэну, удихьэхыу урокищри иригъэкIуэкIащ, егъэджакIуэм и жагъуэ «2» оценкэри зыми къихьакъым. Абы зэрыщыгуфIыкIри къажриIащ, ауэ, итIани, езыр нэщхъейт.
Иужь дыдэ дерсыр дунейхэгъуазэрт. ЩIыб дэтыныр, къуейщIеиныр сыт щыгъуи зыфIэфI Хьэдис цIыкIу егъэджакIуэм бгъэдыхьэри еIущэщащ:
- КхъыIэ, Ларисэ ЛатIифовнэ, нобэрей дерсыр щIыбым щедгъэгъэкIуэкI.
ЕгъэджакIуэр щхьэгъубжэм дэплъри, къэуIэбжьащ: нобэрей дунейм и дахагъэм иджыпстут абы гу щылъитар. Хьэщхьэтеуэм щIигъэна жыгхэр, еджапIэ пщIантIэм дэт псейхэм ятеубгъуа дыжьыныфэ хъар пIащIэр - псоми узыIэпашэрт.
- Сыт щIэмыхъунур, Хьэдис? Сыту фIыуэ сигу къэбгъэкIа! ИIэ, цIыкIухэ, хуабэу зыфхуапи, щIыбым дыщIэкIынщ. Сурэт щIынымкIэ пщэдей диIэ дерсми дытепсэлъыхьынщ.
ЕгъэджакIуэр сабийхэм яхутепсэлъыхьащ щIымахуэ зэманым. ЦIыкIухэм яфIэгъэщIэгъуэнт уэсыр къыщIесыр, щIыIэ щIэхъур. Сабийхэр куэдым щIэупщIэрт. Иужьым ахэр Ларисэ ЛатIифовнэ псейм бгъэдишэри яжриIащ:
- Сурэт тхынымкIэ пщэдей диIэну дерсым иджы зыхуэвгъэхьэзыр. Псей къудамэ цIыкIухэм набдзэгубдзаплъэу феплъ. Ар пщэдей сурэту фтхыжынщ.
ЦIыкIухэм яхэту классым щIыхьэж егъэджакIуэр зэуэ къыпыгуфIыкIащ: хущхъуэ зэфам нышэдибэ лъандэрэ щхьэщимыха щхьэуз бзаджэр иджыпсту зыхищIэжыртэкъым.
Мэлей ФатIимэ.
Фэ фщIэрэ?
Къуалэбзухэм я цIэхэр
Воробей каменный - Къуршбзу, къуршбзуужь.
Дрозд каменный синий - БзущIыху, бзуупцIэщIыху.
Дупель - Бжьыхьэджэд.
Жаворонок белокрылый - Бзудамэху, бзудамэхужь, дамэху.
Журавль венценосный - Кърущхьэгумэ.
Каравайка - Шэмэджыпэбзу.
Кваква - Псыхэуэпщагуэ.
Голубь - Тхьэрыкъуэ.
Горихвостка водяная - ПсыбзукIэплъ.
Грифы Старого Света - Бгъэ пIащэ гуп.
Лебедь - Къыу.
Мухоловка-белошейка - Бзупщэху.
Овсянка черноголовая - КIырыкъщхьэфIыцIэ.
Орел горный - Къуршыбгъэ.
Пеночка зеленая - ЦIужьомэудзыфэ.
Орел-карлик – Бгъэжьей.
Пеночка желтобрюхая – НыбгъуэщIэф.
Поползень канадский - КъэбцIацIэцIыкIу.
Попугай - Дыдыкъуш.
НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар НэщIэпыджэ Замирэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1919.txt"
} |
ЩIалэу къулей хъуахэр
«Forbes» журналым къызэрытрадзамкIэ, нобэкIэ мылъку нэхъыбэ дыдэ зыбгъэдэлъыр Facebook сетыр къызэзыгъэпэща Цукерберг Маркщ. Иужьрей къыдэкIыгъуэм зэритымкIэ, Марк и ныбжьыр илъэс 27-рэ щрикъуам, доллар мелард 17,5-рэ къилэжьат. Мелардырыбжэхэм яхэхуащ Цукерберг социальнэ сетыр къызэгъэпэщыным иужь щихьэм щыгъуэ и гъусахэри - Московиц Дастинрэ (доллар меларди 3,5-рэ къилэжьащ) Саверин Эдуардорэ (доллар мелардитI).
Къулейхэм я етIуанэ увыпIэр иубыдащ Колумбием щыщ магнат гуэрым и къуэ Санто Доминго Алехандрэ. Абы доллар меларди 9,5-рэ иIэщ.
Мылъкушхуэ зыбгъэдэлъхэм я ещанэр азиат мелардырыбжэ Танакэ Йошикацущ - Gree социальнэ зэрыджэгу платформэр къызэзыгъэпэщар. А хъыр къагъэсэбэп Японием и цIыху мелуан 30-м. Танакэ и мылъкур доллар меларди 4,3-м щIегъу.
Абы къыкIэлъыкIуэр доллар меларди 2,1-рэ къэзылэжьа Паркер Шонщ. Ар зэгуэрым Facebook сетым и президенту щытащ, иджы инвестицэм зритащ.
«Forbes» журналым зи цIэр ихуа бейхэм зы бзылъхугъи яхэтщ. Илъэс 30 зи ныбжь пщащэм доллар меларди 4,5-рэ иIэщ. Ар и адэм тыгъэ къыхуищIа компанием хуэзэ мылъкущ.
Турн унд Таксис Альбер пащтыхьыкъуэр иджыри щхьэгъусэ зимыIэ щIалибгъу нэхъ къулейхэм ящыщщ. И ныбжьыр илъэс 28-рэ фIэкIа мыхъуу доллар мелард 1,5-рэ мылъкуу зэригъэпэщащ. Iэзэу машинэ псынщIэу къезыхуэкI Альбер нэхъыбэу зи ужь итыр спортыращ, атIэ хьэрычэт Iуэхукъым.
Апхуэдиз дыдэ бгъэдэлъщ илъэс 35-рэ хъу Пер Роберт. Нэхъапэм ар Apple фирмэм инженеру щылажьэу щытащ, иужькIэ езым и компание къызэригъэпэщыжащ.
Дуней псом щынэхъ къулейхэм яхэхуащ урысей хьэрычэтыщIэ Ноготков Максими. Ар „Связной“ тыкуэнхэр зи IэмыщIэ илъращ, доллар мелард мылъкуу бгъэдэлъщ.
Дохъушокъуэ Синэ.
Хамэ къэрал хъыбархэр
Пенсэ ныбжьым нэсахэр ягъафIэ
Чех пенсионерхэм я зыгъэпсэхугъуэ пIалъэр къэсу тIысыжа нэужь, къахьу щыта улахуэм и процент 50-р пенсэу хуагъэувыж. Ар ику иту еврэ 1000 мэхъу. Чех цIыхухъухэр илъэс 61-м, цIыхубзхэр илъэс 58-м пенсэ макIуэ.
* * *
Португалием и цIыхухэр илъэс 65-м щынэсам деж пенсионер мэхъу. Абыхэм я улахуэм и процент 54-р пенсэу хуагъэувыж. Къыхэгъэщыпхъэщ а къэралым къыщахь улахуэр ику иту еврэ 1000 зэрыхъур.
* * *
Финляндием къыщахь улахуэр еврэ мини 3,7-рэ мэхъу. Абы и процент 58,4-р пенсэу хуагъэувыж.
* * *
Словением щыпсэу цIыхухъухэр илъэс 63-м, цIыхубзхэр илъэс 61-м пенсэм макIуэ. Я улахуэм и процент 62-р пенсэ ахъшэу къратыж.
* * *
Тыркум и цIыхухэм ират пенсэмкIэ дунейм еханэ увыпIэ щаубыд. Абыхэм я цIыхубзхэм я ныбжьыр илъэс 58-м, цIыхухъухэр илъэс 60-м пенсэ макIуэ. Бынитху къэзылъхуа анэхэр илъэс 48-м пенсионер мэхъу. Мы къэралым я улахуэр ику иту еврэ 900 мэхъу, абы и процент 64,5-р пенсэу ират.
* * *
Италием и пенсэр улахуэм и процент 65-щ, ар ику иту еврэ мини 2,5-рэ мэхъу. ЦIыхухъухэри цIыхубзхэри зэхуэдэу илъэс 59-м пенсэм макIуэ.
* * *
ЦIыхухъухэм я ныбжьыр илъэс 65-рэ, цIыхубзхэр илъэс 60 ирикъуа нэужь пенсэ кIуэ цIыхухэм улахуэм и процент 77-р ирату щыхабзэщ Австрием. Мы къэралым щат улахуэр дуней псом щынэхъыбэ дыдэу къыщалъытэ. Ику иту абыхэм къахь еврэ мини 2,7-рэ.
* * *
Испанием и пенсионерхэр псом нэхърэ нэхъ къулей къэралищым хыхьэу къалъытэр. Абыхэм я улахуэм и процент 81-р пенсэу къратыж, ар еврэ мини 2,2-рэ мэхъу. Испанхэм я ныбжьыр илъэс 65-рэ ирикъуа нэужь, загъэпсэхуну тIысыжу аращ.
* * *
Люксембург Европэм и къэрал нэхъ цIыкIу дыдэхэм ящыщщ, ауэ и пенсионерхэм хуабжьу якIэлъоплъ. Илъэс 60-м унэсауэ пенсэ укIуэмэ, улахуэм и процент 87-р къуатынущ. Ику ит улахуэр еврэ мини 4,3-рэ мэхъу.
* * *
Дуней псом щынэхъ къулей пенсионерхэр алыджхэращ. Абыхэм я пенсэр проценти 4 къудейкIэ нэхъ мащIэу аращ я улахуэм нэхърэ. Я ныбжьыр илъэс 57-рэ ирикъуу пенсэ тIысыжа нэужь, я хэхъуэр зэрыщытауэ къонэж, ику ит улахуэу еврэ мини 2,1-рэ къахь.
* * *
А псоми еплъыта нэужь, урысей пенсионерхэм уи гур ящIоуз. Абыхэм ику ит я улахуэр сом мин 30, пенсэр сом мини 10 (еврэ 133-рэ) хъууэ аращ.
Къэбарт Мирэ.
Гупсысэр - псалъэкIэ
Iэмал зимыIэр
ЦIыхур дунейм къытохьэри токIыж и лъэужь къонэри. Сабий къалъхуар дахэщ, хьэлэлыщэщ, хьэрэмагъ лъэпкъ игу къэмыкIыу, зыщумыгъэнщIу, удихьэхыу. Дахэщ абы щыгъуэ дэтхэнэри, псэ къабзащэщ, дагъуэ лъэпкъ имыIэу. ЦIыхум и хьэлым зеужь зэрагъасэ елъытауэ. Хэти нэпсейщ, дуней псор IэщIэплъхьами и гум зимыгъэнщIыну, хэти дыгъуакIуэщ, къыпэщIэхуэм блэмыкIыну, хэти гущIэгъуншэщ щысхь имыщIэу, хэти хьэлэлщ, иIэр къуитыну, хэти хьэзырщ дэхуэхам дэIэпыкъуну. Ерыщ щыIэщ, цIыхум я сэбэп зэрихуэу, делэ ерыщ щыIэщ, букIами и мурадым темыкIыну. Куэд мэхъу цIыхум хьэл зэхуэмыдэу иIэр. Псори дунейм тетщ я псэукIэкIэ, ауэ и псэукIэм теухуауэ дэтхэнэ зыми къыбжиIэнур зыщ - гъащIэр зэрыбгъакIуэщ. Iэмал зимыIэр зыщ - цIыхум игъасэр езым ещхь зэрыхъужырщ.
Iуэху еплъыкIэ
Уэ уфIэмыхьэнэншэм, гу зылъумытэхэм нэгъуэщIым мыхьэнэшхуэ кърихынкIэ мэхъу ар фIэегъэлея Iуэхуу, арыншауэ езыр псэуа мыхъуну. Ауэ уэ фIыуэ зыплъытэжын щхьэкIэ жыпIэ псалъэмрэ блэжь Iуэхумрэ егупсысыжыф убгъуауэ, нэгъуэщI цIыхум и пIэ иуви. ЗэрымыщIэкIэ пIэщIэкIа щыуагъэр къыбдагъуэжынкъым.
Нэхущ Хьэжпагуэ.
Сабий джэгукIэхэр
Хашэ
Пшапэр зэхэуауэ щIалэ цIыкIухэр джэгуу щытащ. Бгъу-пщIы нэхърэ нэхъ мащIэмэ, гъэщIэгъуэн хъуркъым. Джэгухэм зы шыдыгъу, зы шуупэ шу, шуукIэ шу, зы хашэ хах. Мыдрейхэр псори пхъэрщ. Ахэр гъуэм деж къыщызэхонэри модрейхэр IуокI, къуэгъэнапIэ зэрыхъуу шуупэ шуми, шуукIэ шуми, шыдыгъуми загъэпщкIу, хуейхэмэ, зэгъусэу, хуэмейхэмэ, зырызу. Ахэр здэкIуари зыщагъэпщкIуари хашэм ещIэ.
Абы пхъэрхэм я деж къегъэзэжри яжреIэ зызыгъэпщкIуахэр дауэ къагъуэтынуми. Иныкъуэм деж пцIы яхуиупсу, иныкъуэм деж, хуейуэ щытмэ, пэж яжриIэу. Ауэ пхъэрхэр нэхъыбэрэ игъэлъыхъуэн щхьэкIэ, япэ щIыкIэ жиIэркъым зызыгъэпщкIуахэр здэщыIэр. Ар зыщIэ пхъэрхэр гъуэм теплъэкъукIыркъым. Гъуэр зыми имыхъумэ щхьэкIэ, пхъэрыр IукIауэ зызыгъэпщкIуахэр япэ къежэлIэжмэ, псори зэрыщытам ещхьу аргуэру къыщIадзэжынущ. Ар пхъэрхэм я дежкIэ зэ хэнэгъуэу ялъытэ.
Сытми зэрылъыхъуар ирикъуну илъытэмэ, хашэм пхъэрым ящыщ зыгуэрхэм яжреIэ шыдыгъур дэнэ щыIэми, мыдрейхэм дэнэ зыщагъэпщкIуами.
Ар зэриIуэтамкIэ хашэм хъыбар ярегъащIэ зызыгъэпщкIуахэми: е хьэм хуэдэу мэкъугъ, е мэфий, е кIуркIунаум ещхьу маджэ - зэрызэгурыIуэщ. Абы щыгъуэми шыдыгъури мыдрейхэри здэщысым деж, пхъэрым щрамыхужьамэ, IукIыну хуиткъым, хэткъым. Ар и пIэм щамыгъуэтамэ, хашэр йогуо: уздэщысын хуеям ущагъуэтакъым, къыкъуэкIыж. Ещхьыркъабзэщ мыдрейхэри.
Ауэ шыдыгъур и пIэм ирахуа и ужькIэ зафIигъэпщкIужрэ ямыгъуэтыжмэ, етIуанэ джэгугъуэм деж ар шыдыгъуу къытонэж. Абы зыщигъэпщкIур «мес шыдыгъур», жаIэу къалъэгъуауэ, арщхьэкIэ езыр пхъэрым япэ гъуэм нэмысыжыну есэп щищIым дежщ. Шуупэ шуми, шуукIэ шуми апхуэдэу загъэпщкIуж хъунукъым. Ахэр гъуэм къызэрысыжынум и ужь иту аращ. Пхъэрым япэ къищу къэсыжар зэрыщытауэ къонэж, арыншамэ, нэгъуэщI абы я пIэкIэ хахри, ахэр пхъэру къонэ.
Шыдыгъу зызыгъэпщкIужар къыщалъыхъуэкIэ, пхъэрым хашэри хохьэ, ауэ абы иджы ищIэркъым шыдыгъур здэщыIэр. Апхуэдэу ямыгъуэту еджэрэ къашэжмэ, ар шыдыгъуу къонэж.
МафIэдз Сэрэбий.
ЦIыху Iущхэм я гупсысэхэр
Модэм и убзыхуакIуэ
Шанель Габриель Бонёр 1883 гъэм Сомюре (Франджы) къыщалъхуащ. Абы и ныбжьыр илъэс 12 щрикъум, и анэр дунейм ехыжащ. ИужькIэ и дэлъхуиплIымрэ и шыпхъухэмрэ я гъусэу адэм къыхыфIидзэри, сабийхэр щапIыж унэм иратауэ щытащ. Габриель илъэс 18 хъуа нэужь лэжьэн щыщIидзащ щыгъын щащэ тыкуэным. Зэман щиIэм деж хъыджэбз цIыкIум кабарем уэрэд щыжиIэрт. НэхъыфIу илъагъур «Ko Ko Ri Ko», «Qui qua vu Coco» уэрэдхэрат. Езы пщащэми Коко къыфIащауэ щытащ. УэрэджыIакIуэ хъуакъым ар, ауэ 1910 гъэм Париж щыгъын щащэ тыкуэн къыщызэIуихащ. ИтIанэ бзылъхугъэхэм папщIэ пыIэ цIыкIухэр ищIу щIидзащ, ауэрэ МодэмкIэ унэ къызэIуихащ.
«Ридикюли къесхьэкIыурэ сешащ», - жиIэри Iэпэ сумкэ идащ Коко, 1955 гъэм утыку кърихьауэ щытащ ар. 1921 гъэм дунейм къытехьащ цIэрыIуэ хъуа «Chanel №5» дыхур. Шанель Кокощ япэ бзылъхугъэ бостей фIыцIэ кIэщI цIыкIухэр къезыгъэжьари, ар махуэми пщыгъ хъунут, зэхыхьэхэми урикIуэну къезэгъырт, пшыхь зэмылIэужьыгъуэхэми урихэт хъурт, бостейм и гъусэу зэрызыбгъэщIэращIэ хьэпшыпым елъытауэ.
Шанель идахэмрэ и IэдакъэщIэкIхэмрэт бзылъхугъэ къулейхэм я плъапIэр. Абы и сумкэ цIыкIухэр, дыщэхэкIхэр, вакъэхэр дэнэ къэрали щызэбграхырт. 1950 - 1960 гъэхэм Коко Голливудым и студие зэмылIэужьыгъуэхэм дэлажьэу щытащ, абы ихуапэрт актрисэ цIэрыIуэхэу Хепберн Одри, Тэйлор Лиз сымэ хуэдэхэр.
И ныбжьыр илъэс 87-рэ хъууэ 1971 гъэм дунейм ехыжащ Шанель. Ар Швейцарием щыщIалъхьащ.
Шанель Коко цIыхухэм я гум къызэринар модэм и убзыхуакIуэ къудейуэкъым, атIэ ар хуабжьу акъылыфIэу, жьакIуэу, Iущу щытащ. ЗэрылIэрэ зэман дэкIами, абы и псэлъафэхэр нобэми цIыхухэм яIурылъщ.
* * *
Бзылъхугъэм и щхьэц зэщIэкъуэкIэр ихъуэжамэ, куэд мыщIэу и гъащIэми зэхъуэкIыныгъэ хилъхьэну аращ.
* * *
ЦIыхубз мыдахэ теткъым дунейм, щхьэхынэ мыхъумэ.
* * *
Американкэхэр зыхуэдэ щыIэкъым, сыту жыпIэмэ, ахэр сыт щыгъуи мэгуфIэ.
* * *
ЗэкIужу, щIыкIафIэу дунейм утетын щхьэкIэ Iэмал имыIэу ущIалэу, удахэу ущытын хуейкъым.
* * *
Жьыгъэм лъагъуныгъэм дыщихъумэркъым, ауэ лъагъуныгъэм жьыгъэм дыщехъумэ.
* * *
Гуапэу къоплъращ зи нэр дахэр.
Прозэу тха усэ
Уэрэд
Макъамэ гуэрым сынешэж, макъамэ гуэрым сыхогъуащэ. Ди уафэм нэпс зэрыщIигъэжыр, макъамэ щэхум къыджеIэж. Псалъэншэщ. Уафэри гъунэншэщ. КууIуэщ. КууIуэщи, гупсысэри еуIэ. УIэгъэр нэхъри гуауэ кIуапIэщ. Псэр сыту лъапIэ… Макъамэм щIэлъри аракъэ… Зыгуэрым и псэ, гум и плъыфэ…
Макъамэм лъапцIэу хохьэ псалъэ. Я пситIыр уафэм щызэхохьэ, я гъащIэр вагъуэхэм япсыхь. Аргуэру нэгум укъыщIохьэ. Уэрэдыр макIуэ насыпыхь. Ар щIэхыу носри гу уIэгъэм, и лъащIэм хъуаскIэ щыIэпоху. Зы хъуаскIэ жылэр къызэрокI, гу лъащIэм гъащIэ къотIэпIыкI. Уэрэдым жеIэ: «И цIэр фIэщ, и гугъэ нэпсри умылъэщI»… ПкъыроузыкI макъамэм псалъэ. Уэрэдым ещIэр гум и пIалъэр.
Гугъуэт Заремэ.
ФщIэну щхьэпэщ
ХьэщIэхэмрэ лъагъуныгъэмрэ
Бзылъхугъэр куэбжэпэм къыдэкIауэ лIыжь жьакIэхуищ къилъэгъуащ.
- ФызмыцIыхуми фыгъуэгурыкIуэщ, фыкъэмэжэлIа хъунщ, фыкъеблагъэ, фезгъэдзэкъэнщ, - захуигъэзащ абыхэм бзылъхугъэм.
- Уи щхьэгъусэр щIэс? - щIэупщIащ лIыжьхэр.
- Хьэуэ.
- Абы щыгъуэм дыныщIыхьэнкъым.
ЦIыхубзым и щхьэгъусэр пщыхьэщхьэм къекIуэлIэжа нэужь, махуэм къэхъуар хуиIуэтэжащ.
- КIуэи иджыри абдеж щытыжу щытмэ, сызэрыщIэсыр яжеIи къегъэблагъэ, - жиIащ лIым.
Бзылъхугъэр къыдэкIри, щыри иригъэблэгъащ.
- Дэ псори дызэгъусэу фи унэм дыныщIыхьэфынукъым, - жаIащ дадэ жьакIэхухэм.
- Ар сыт щхьэкIэ?
Зыр къопсалъэри жеIэ:
- Мобы и цIэр Беижьщ, адрейм зэреджэр ЕхъулIэныгъэщ, сэ сы - Лъагъуныгъэщ. Иджы кIуэи щIыхьэжи, уи щхьэгъусэм ечэнджэщ дэ тщыщу фи унагъуэм нихьэну фызыхуеймкIэ.
ЦIыхубзыр щIыхьэжри и лIым жриIэжащ.
- Сыту фIыт, - жиIащ щIалэм. – Дыхэдэн хуей щыхъуакIэ, Беижьыр къедгъэблэгъэнщи, дызыхущыщIэ щымыIэу дыпсэунщ.
Бзылъхугъэм ар идэркъым:
- ЕхъулIэныгъэр къедгъэблагъэмэ, нэхъыфIу соплъ!
А псалъэмакъыр зэхэзыха пщащэр и пэшым къыщIэкIри, и адэ-анэм захуигъэзащ:
- Лъагъуныгъэр къыщIэдгъэхьэмэ, зэгурыIуэ-зэдэIуэжу, дызэхуэгумащIэу дызэдэпсэунтэкъэ?!
- Пэжщ, ди хъыджэбзым жиIэр, - пиупщIащ лIым. – КIуэи Лъагъуныгъэр ди деж щыпсэуну къегъэблагъэ.
Бзылъхугъэр куэбжэпэм къыдэкIри:
- Дэтхэнэра Лъагъуныгъэр? Аращ едгъэблэгъэну дызэрызэгурыIуар.
Лъагъуныгъэр къыщытэджым, адрей лIыжьитIри къыбгъурыувэри къэкIуащ.
Ар зыгъэщIагъуэ цIыхубзыр щIэупщIащ:
- Щыри зэгъусэу зыщIыпIи фыщIэмыхьэу жыфIащ, иджы сыт къэхъуар?
ЛIыжьхэм ящыщ зым жеIэ:
- Фэ Беижьыр е ЕхъулIэныгъэр евгъэблэгъауэ щытамэ, тIур уэрамым дыкъыдэнэнут, Лъагъуныгъэращ фи унагъуэ ихьэну зыхуэвгъэфэщари - дэ ар зэи тпэIэщIэ тщIыркъым, дригъусэщ.
Лъагъуныгъэ здэщыIэм къулеигъэри ехъулIэныгъэри щIыIэщ.
Къэбарт Мирэ.
Зыгъэхьэзырар НэщIэпыджэ Замирэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "192.txt"
} |
Iэпщэм и фэеплъ зэпеуэм
1998 гъэм щыщIэдзауэ Налшык и Сабий стадионым илъэс къэс зэ щызэхуос абы и ныбжьэгъухэмрэ Iыхьылхэмрэ. Топджэгум щыхуагъасэ сабий-ныбжьыщIэ спорт школ хэхар здэщыIэ мы щIыпIэм щокIуэкI Совет Союзымрэ Урысей Федерацэмрэ я чемпион, Къэбэрдей-Балъкъэрым физическэ щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Iэпщэ Александр и фэеплъ турнир. Мы гъэм ар ирагъэхьэлIащ накъыгъэм и 1-7 махуэхэм.
ЦIыхур псэущ ар ягу илъыхукIэ. Илъэс куэд дэкIащ 1991 гъэм и дыгъэгъазэ (декабрь) мазэм Iэпщэ Александр дунейм зэрехыжрэ, ауэ абы и цIэр кърамыIуэу, ифI жамыIэу махуэ щIагъуэ дэкIыу къыщIэкIынкъым. Ар иджыри ди гъусэм хуэдэщ. Iэпщэр «щопсэу» зи цIэр фIаща Налшык дэт Топджэгум щыхуагъасэ сабий-ныбжьыщIэ спорт школ хэхамрэ щалъхуа ХьэтIохъущыкъуей къуажэм и уэрамхэм ящыщ зымрэ.
Iэпщэ Александр ягу къыщагъэкIыж къэралым и щIыпIэ куэдым. Илъэс тIощIрэ ещанэ хъуауэ Налшык и Сабий стадионыр я зэхуэсыпIэщ ар фIыуэ зылъагъуу щытахэм. Топджэгум щыхуагъасэ сабий-ныбжьыщIэ спорт школ хэхар здэщыIэ мы щIыпIэм щокIуэкI Совет Союзымрэ Урысей Федерацэмрэ я чемпион, Къэбэрдей-Балъкъэрым физическэ щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Iэпщэ Александр и фэеплъ турнир. Япэ илъэсхэм абы хэтащ ветеран командэхэр. Хуабжьу яфIэфIу зэхьэзэхуэм зыкърагъэхьэлIэт езыр щыджэгуахэу Налшык и «Спартак»-м, Тбилиси и «Динамо»-м, Волгоград и «Ротор»-м, къищынэмыщIауэ Владикавказ и «Алания»-м я ветеранхэм зэхагъэува гупхэр. Абы и фIыгъэкIэ налшыкдэсхэм зрагъэлъагъуну Iэмал яIэт СССР-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастерхэу, футболист цIэрыIуэхэу Габелия Отари, Сечинавэ Георгий, Коридзе Вахтанг, Нодия Леван, Гогия Давид (Тбилиси и «Динамо»), Зазроев Игорь (Владикавказ и «Алания», Гогибедашвили Заур, КIурашын Олег, Лъэрыгухэ Викторрэ Къазбэчрэ, ТыIэщ Хасанбий (Налшык и «Спартак») сымэ, нэгъуэщIхэми жьы мыхъу я джэгукIэ екIур.
Зэман дэкIри, ахэр яхъуэжащ ныбжьыщIэхэм. Куржы, Абхъаз къэралыгъуэхэм, Осетие Ищхъэрэ-Алание, Дагъыстэн, Къэрэшей-Шэрджэс, Ингуш республикэхэм, Краснодар, Ставрополь крайхэм, Ростов, Волгоград областхэм къикIахэр хэгъэрейхэм ирагъэблагъэ зэпытщ. Зэхьэзэхуэм кърихьэлIа зы цIыхуи тыгъэншэу къанэркъым – аращ зэпеуэм и къызэгъэпэщакIуэхэр сыт щыгъуи зытетыр. Iэпщэ Александр и фэеплъ псоми къалъысыну, ар фIыкIэ ягу къэгъэкIыжыну ахэр хуейщ.
Иджыблагъэ, накъыгъэм и пэщIэдзэ махуэхэм, Налшык щызэхэта Iэпщэ Александр и фэеплъу къызэрагъэпэща урысейпсо зэхьэзэхуэм кърихьэлIат командипщI. Мис ахэр: Iэпщэм и цIэр зезыхьэ Топджэгум щыхуагъасэ «Эльбрус» сабий-ныбжьыщIэ спорт школ хэхам, Астрахань и «Волгарь»-м, Яшиным и цIэр зезыхьэ футбол академием и къудамэу Дагъыстэным щыIэм, Прохладнэ къалэм и СДЮСШОР-м, «Краснодар» футбол академием, «Спартак-Налшык» сабий-ныбжьыщIэ спорт школым, Песчанокопскэм Чайкэ и цIэкIэ щыIэ академием, Псыхуабэ и СШОР №6-м, Налшык щыIэ Олимп резервхэр щагъэхьэзыр спорт школым, Владикавказ и «Алания»-м я топджэгу ныбжьыщIэхэр.
Накъыгъэ зыгъэпсэхугъуэ лъэхъэнэ кIыхьым я нэгу зрагъэужьащ Iэпщэ Александр и фэеплъ зэпеуэм хэтахэм. Тхьэмахуэ псокIэ пщэдджыжьым сыхьэтипщIым щыщIэдзауэ абыхэм бэнэныгъэ гуащIэ Налшык и Сабий стадионым щрагъэкIуэкIащ. НыбжьыщIэхэм я зэпэщIэтыныгъэм еплъыну цIыху куэд кърихьэлIащ, зэрыунагъуэу къэкIуахэри яхэту. Дэтхэнэми Iэмал игъуэтащ лъэпкъыр, республикэр, къэралыр нобэ дызэрыгушхуэ Iэпщэ Александр хуэдэ хъуну щIалэщIэ цIыкIухэм топджэгум щач япэ лъэбакъуэхэм кIэлъыплъыну.
ТекIуэныгъэ Иныр къызэрытхьрэ илъэс 76-рэ щрикъум ирихьэлIэу зэхэкIащ Iэпщэм и фэеплъу екIуэкIа 23-нэ зэпеуэм бжьыпэр щызыубыдахэр. Ди лъахэгъу цIэрыIуэр зи гъусэу джэгуа гъуащхьэтет телъыджэ Яшин Лев и цIэр зезыхьэ футбол академием и къудамэу Дагъыстэным щыIэм къикIахэм къапэлъэщын зэхьэзэхуэм кърихьэлIакъым. Абыхэм яхуэфащэ дыдэу яIэрыхьащ зэIэпах кубокымрэ дыщэ медалхэмрэ. Финалым абыхэм щыхагъэщIа Астрахань и «Волгарь»-р етIуанэщ. Владикавказ и «Алания»-м ещанэ увыпIэр лъысащ.
Адрей илъэсхэми хуэдэу, зэпеуэм кърихьэлIа зы ныбжьыщIи саугъэтыншэу къэнакъым. Шэч хэлъкъым абыхэм куэдрэ ягу зэрилъынум Iэпщэ Александр и фэеплъ зэхьэзэхуэм зэрыхэтамрэ ар щыпсэуа щIыналъэм къыщыкIэлъызэрахьа пщIэмрэ.
Дауи, ахэр щагъэгъуэзащ къыщIызэхэуса футболист цIэрыIуэм и гъащIэм и къекIуэкIыкIам. Дэтхэнэми щапхъэ хуэхъуфынущ ХьэтIохъущыкъуей адыгэ къуажэжьым къыщалъхуа къызэрыгуэкI щIалэ цIыкIум спортым къыщигъэлъэгъуа ехъулIэныгъэфIхэр. Тырныауз и шахтэм къыщIэкIри, ар Налшык и «Спартак»-м хагъэхьащ. ИужькIэ Мэзкуу и «Динамо»-ми зыкъыщигъэлъэгъуэну хузэфIэкIащ. Тбилиси и «Динамо»-м хэту 1964 гъэм Совет Союзым и чемпион хъуауэ икIи «СССР-м спортымкIэ и мастер» цIэ лъапIэр къыфIащауэ Iэпщэ Александр къыкIэлъыкIуэ илъэсым Къэбэрдей-Балъкъэрым къигъэзэжащ. IэщIыб хуэщIакъым абы ехъулIэныгъэм и гъуэгум тезыша Налшык и «Спартак»-р, икIи, дауи, занщIэу, гупым и капитан ящIащ.
Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и тренер Чихрадзе Дмитрийрэ абы и дэIэпыкъуэгъу Котов Юрэрэ 1965 гъэм ирихьэлIэу гуп лъэщ къызэрагъэпэщат. «Б» классым и 4-нэ зонэм абы ипэ ит илъэсым еплIанэ увыпIэр зэрыщиубыдам ди «Спартак»-м нэхъ къалэнышхуэжхэр зэрыхузэфIэкIынур къыбгуригъаIуэрт. Зи пщIэмрэ зэфIэкIымрэ хуабжьу лъагэ Iэпщэ Александр къахыхьэжа иужькIэ налшыкдэсхэр узыпэщIэмытыфын къару лъэщ хъуащ.
ПэщIэдзэ зэIущIиплIми щытекIуэри, «Спартак»-м занщIэу бжьыпэр иубыдащ икIи зэхьэзэхуэр иухыхукIэ бжьыпэр иутIыпщакъым. Зэпеуэр зэфIэкIыным иджыри зыкъом иIэжт налшыкдэсхэм япэ увыпIэр къызэрахьар наIуэ щыхъуам. Абыхэм къызэранэкIат Куржым, Армением, Урысей Федерацэм я командэ 19, Баку, Кировабад, Сухуми, Батуми, Мэхъэчкъалэ, Ставрополь, Новороссийск, Орджоникидзе (иджы Владикавказ) я гуп лъэщхэр яхэту. Налшык и «Спартак»-р ипэкIэ игъэкIуатэрт абы и капитан Iэпщэ Александр.
АрщхьэкIэ зыхэт гупым япэ увыпIэр къыщахькIэ Iуэхур зэфIэкIатэкъым. Зыхэхуа зонэм щытекIуахэм Iэмал яIэт Урысей Федерацэм щынэхъ лъэщхэр щызэхагъэкIыну зэхьэзэхуэм зыкъыщагъэлъэгъуэну. Зэпеуэр IыхьитIу зэщхьэщыхат. Япэм командэхэр финал ныкъуэ гупиплIу щагуэшащ, дэтхэнэми щырыщ хэту. Ахэр щекIуэкIыну яубзыхуат Калининград, Саратов, Армавир, Налшык.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм, ди командэм къищынэмыщIауэ, къыщызэхуэсат Сыбырым щынэхъ лъэща Омск и «Иртыш»-мрэ Томск и «Торпедо»-мрэ. Ахэр тIорытIэ зэдэджэгуу гупым щытекIуар зэхагъэкIын хуейт, иужькIэ кIэух зэпеуэм ар ягъэкIуэн папщIэ.
1965 гъэм щэкIуэгъуэм (ноябрым) и пэщIэдзэм Къэбэрдей-Балъкъэрыр зэрыщыту футболым итхьэкъуауэ къыпщыхъурт. Дэнэ щIыпIи щекIуэкI псалъэмакъхэм я нэхъыбэр зытеухуар Урысей Федерацэм и командэ нэхъ лъэщхэр Налшык зэрыщызэIущIэрт икIи ди «Спартак»-р абыхэм зэрахэтырт. Джэгухэр щекIуэкIыну махуэхэм республикэм футболым щыдихьэххэр хэти хьэлъэзешэ машинэкIэ, хэти автобускIэ, хэти шууэ, хэти лъэсу Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм къекIуалIэрт. «Спартак» стадионым IэпэдэупIэ имыIэжу цIыхур изт. Абыхэм къахуэгъэсыртэкъым ди щIалэхэр джэгупIэ губгъуэм къыщихьэну дакъикъэхэр.
ЗэIущIиплIми щытекIуэри, Налшык и «Спартак»-м зыхэта гупым япэ увыпIэр щиубыдащ. АдэкIэ кIэух зэпеуэм хэтыну абы Iэмал игъуэтащ. Ар Налшык щыIэну щытраухуам, зэрыреспубликэу хуабжьу щыгуфIыкIащ. КъызэгъэпэщакIуэхэм къызэрымыкIуэу ягу ирихьат финал ныкъуэ зэхьэзэхуэхэр ди деж зэрыщекIуэкIа щIыкIэр, цIыхухэр изу стадионым къызэрекIуалIэр.
Зэпеуэм и мыхьэнэр зэрыдэуеяр къалъытэри, топджэгум дихьэххэр нэхъыбэжу къекIуалIэу хуежьащ. ЗэIущIэм щIидзэным иджыри сыхьэт зыбжанэ иIэжу ахэр «Спартак» стадионым из хъурти, темыпыIэжу зыдэщIхэм пэплъэрт. ЦIыху мин тIощIым щIигъу къызэхуэсыныр а махуэхэм мардэт.
ДжэгупIэ губгъуэм къихьэ футболистхэм гурэ псэкIэ зыхащIэрт жэуаплыныгъэшхуэ я пщэ къызэрыдэхуэр. Iэпщэ Александр ахэр тригъэгушхуэурэ «Фымыгузавэ!» яжриIэ хабзэт. Абы и псалъэр къызыгурыIуэр гупым къыдыхэт и лъэпкъэгъухэу ТыIэщ Хьэсэнбийрэ Щэрмэт Валерэрэ я закъуэтэкъым. Ар зыхащIыкIырт куржы Гогибедашвили Заур (иужькIэ Хьэмгъуокъухэ я малъхъэ хъуам), осетин Джиоев Владимир, украинхэу Николаенкэ Владимиррэ Дьяченкэ Юрэрэ, урысхэу Алдышев Анатолий, Давыдов Игорь, Литвинов Борис, Красиков Геннадий, Кривошеев Анатолий, Ильин Валерэ, Ивановский Юрэ, Малютин Владимир, Шаповалов Анатолий, Першин Валерий сыми. Ахэращ япэ дыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр футболымкIэ зыIэтар икIи Урысейм и дыщэ медалхэр къытхуэзыхьар.
Я зы хьэрхуэрэгъуи ди щIалэхэм къапэхъуфынутэкъым! Абы щыхьэт техъуащ Урысей Федерацэм и чемпионатым и кIэух зэIущIэхэр. ЯпэщIыкIэ Саратов и «Сокол»-м, къыкIэлъыкIуэу Уфа и «Строитель»-м топ щырыщ жэуапыншэу худагъэкIащ. Аркъудейм «А» классым (иужькIэ япэ лигэ хъужам) щыджэгуну Налшык и «Спартак»-м хуитыныгъэ къритырт. АрщхьэкIэ дыщэм щыщIэбэныну иужь дыдэ зэIущIэр налшыкдэсхэм къапэщылът. Ахэр иджыри къэс псоми ефIэкIа Къэзан и «Рубин» командэ лъэщым дэджэгун хуейт. ТекIуэр Урысей Федерацэм и чемпионт.
Я хьэрхуэрэгъу тIурытI хагъэщIарэ бжьыпэр зэдагуэшу Налшык и «Спартак»-мрэ Къэзан и «Рубин»-мрэ кIэух зэIущIэм ирихьэлIащ. Топ дагъэкIахэмрэ къыхудагъэкIахэмрэ зэрызэхущытым Iэмал къитырт, зэпэщIэтыныгъэр зэрытемыгъэкIуауэ иухми, налшыкдэсхэм япэ увыпIэр яубыдыну. АрщхьэкIэ абы егупсысыр мащIэ дыдэт. Стадионым изу къекIуэлIа цIыху мин тIощIым щIигъур зыщIэхъуэпсыр зыдэщI «Спартак»-м и текIуэныгъэрат. Ар кIэух телъыджэ хуэхъунут дэрэжэгъуэ куэд къезыта 1965 гъэм екIуэкIа зэхьэзэхуэхэм.
Ди щIалэхэр зэрыщыгугъауэ къыщIэкIащ. А пщыхьэщхьэм 3:1-уэ Къэзан и «Рубин»-р хигъащIэри, Налшык и «Спартак»-р зэи къэмыхъуауэ Урысей Федерацэм и чемпион хъуащ.
Стадионым къекIуэлIа цIыху мин тIощIым щIигъум я гуфIэгъуэр пхуэмыIуэтэжынт. Зытеса газетхэм мафIэ пагъэнауэ абыхэм ягъэдалъэрт. 1965 гъэм щэкIуэгъуэм (ноябрым) и 20-м и пщыхьэщхьэм «Спартак» стадионыр щIыб мафIэшхуэм зэщIищтауэ къыпщыхъурт. Топджэгум дихьэххэм апхуэдэу ягъэлъапIэрт ди щIалэхэм япэу къытхуахьа текIуэныгъэ иныр. Езы футболистхэми, зы къару къахуэмынэжу ешами, насыпыфIэу Урысей Федерацэм и чемпион лентIхэр, дыщэ медалхэр, спортымкIэ мастер къызэрыфIащам щыхьэт техъуэ удостоверенэхэр гуфIэжу къыIахырт. Абыхэм яхэтт илъэс етIуанэ хъуауэ апхуэдэ дэрэжэгъуэр къызэхъулIэ Iэпщэ Александр. Нэгъабэ ар Совет Союзым и чемпион хъуат, иджы Урысей Федерацэм и дыщэр зыIэригъэхьат. Iэпщэм текIуэныгъэрэ насыпрэ къызыхуихьар Тбилиси и «Динамо»-м и закъуэтэкъым, атIэ хуэугъурлат зыгъэса Налшык и «Спартак»-ми.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм щрагъэкIуэкIа финал ныкъуэмрэ кIэух зэIущIэхэмрэ хыхьэ джэгугъуиблми, адрейхэм куэдкIэ зэрефIэкIыр нэрылъагъуу, ди щIалэхэр щытекIуащ. Налшык и «Спартак»-м и лъэщагъыр наIуэ къыпщищIырт и хьэрхуэрэгъухэм топ 21-рэ зэрахудигъэкIамрэ зы топ закъуэ фIэкIа къызэрыхудамыгъэкIыфамрэ.
ЖыIэн хуейщ 1965 гъэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и футболым зэрыхуэфIар. Ди командэм щыджэгухэмрэ абы дэщIхэмрэ апхуэдизу быдэу щызэрыубыда, щызэрыIыгъа, ди гугъэмкIэ, афIэкIа зэи щыIакъым. Пэжщ, щыIащ 1970 гъэр - Налшык и «Спартак»-р етIуанэу Урысей Федерацэм и чемпион щыхъуар. Зэи гум имыхунщ 2005 гъэм и бжьыхьэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэр япэ дыдэу къэралым и гуп нэхъыщхьэм щыхыхьамрэ ар абы илъэсихрэ ныкъуэкIэ зэрыхэтамрэ. Абы щыгъуэми япэ текIуэныгъэ иныр къыщахьа 1965 гъэр зыми хуумыгъэдэфынщ. Ар зэи пщыгъупщэнукъым икIи къыкIэлъыкIуа ехъулIэныгъэхэм я лъабжьэ быдэщ.
Урысейм и футбол Олимпым дэкIуеифа Налшык и «Спартак»-м дэщIхэр 1966 гъэми текIуэныгъэ инхэмкIэ щыгугъырт. Ди щIалэхэм япэ дыдэу зыкъыщагъэлъэгъуэнут «А» классым и етIуанэ гупым. Совет Союз къэралыгъуэшхуэм щекIуэкI футбол зэхьэзэхуэм мыхьэнэкIэ етIуанэу щыщыт зэпеуэм налшыкдэсхэм къащыпэщIэтынут хуабжьу зэфIэкI лъагэ зиIэ «Жальгирис» (Вильнюс), «Текстильщик» (Ивановэ), «Кубань» (Краснодар), «Даугава» (Ригэ), «Локомотив» (Тбилиси), «Тэрч» (Грознэ), «Ростсельмаш» (Дон Iус Ростов) командэ лъэщхэр, нэгъуэщIхэри. Зэныкъуэкъуныгъэ хьэлэмэт икIи гугъу къапэщылът ди щIалэхэм. Ди жагъуэ зэрыхъущи, абы ирихьэлIакъым Iэпщэ Александр. «Спартак»-м и щIэгъэкъуэн нэхъыщхьэр и къару илъыгъуэу командэм хэкIыжащ. Волгоград дэт Физическэ щэнхабзэмкIэ институтым щIэтIысхьати, абы Iэпхъуащ, щIыпIэ «Трактор»-м хыхьэри. Ари дыдейхэм хуэдэу «А» классым и етIуанэ гупым хэтти, Iэпщэр зэрыхашар ди щIалэхэм хуагъэгъуакъым, а гъэм тIэунейрэ хагъащIэри.
КомандэщIэм хэзэгъакъым адыгэ щIалэр. «Трактор»-м и фащэр щыгъыу зэIущIэ пщыкIубл фIэкIа хэмытауэ, Налшык къигъэзэжащ. Хэт ищIэнт ар иужьрей дыдэу?
1967 гъэми ди «Спартак»-р «А» классым и етIуанэ гупым щыджэгуащ. Командэм къыхыхьат ди щIыпIэм къыщалъхуа икIи щагъэса щIалэщIэхэу Санэшокъуэ Владимир, Iэшыбокъуэ Руслан, Лъэрыгу Виктор, Мирзоев Виталий сымэ. НэгъуэщI щIыпIэхэм къикIыжри къахыхьэжат Сыжажэ Валерэрэ Iэпщэ Александррэ. Тренер нэхъыщхьэри яхъуэжат. Налшык и «Спартак»-р Урысей Федерацэм и чемпион зыщIа икIи «А» классым и етIуанэ гупым зыша Чихрадзе Дмитрий и пIэкIэ Холодков Серафим ягъэуват. АрщхьэкIэ хъуэпсапIэхэр нахуапIэ хъуакъым.
Iэпщэ Александр и дежкIэ Налшык и «Спартак»-м хэту иужьу иригъэкIуэкIа зэхьэзэхуэ хъуащ а илъэсым щыIар. 1967 гъэм мэлыжьыхьым (апрелым) и 9-м СССР-м и кубокыр къэхьыным ипкъ иткIэ зэхаубла зэпеуэм Фергана и «Нефтяник»-м худигъэкIа топри фIыуэ илъагъу командэм иужь дыдэу хузэфIигъэкIа IуэхугъуэфIт.
Футболист IэщIагъэр Iэпщэм 1968 гъэм Краматорск и «Авангард»-м къыщиухащ. ИкIи джэгугъуи 8-м топи 4 щыдигъэкIыну хузэфIэкIами, къафIыхэкIыжащ. Топджэгур IэщIыб ищIыну иджыри зэрыпасэр тренерхэми, къыдэджэгухэми, ныбжьэгъухэми, топджэгум дихьэххэми къыжраIа пэтми, къахуэгъэдэIуакъым. Абы ищIэрт пэщIэдзэ зиIэм, кIэухи къызэрыпэплъэр икIи, и чэзур къэсмэ, зы щIыпIэм укъыщаужэгъужыхукIэ упэмыплъэу, гъащIэр хъуэжын зэрыхуейр. Александр быдэу и фIэщ хъурт топджэгу губгъуэм къимыхьэми, ищIэн гъунэжу зэригъуэтынур. Абы къыпэплъэрт зыкIи мынэхъ зэшыгъуэ икIи и къару, зэфIэкI псори зрихьэлIэну тренер, гъэсэныгъэ лэжьыгъэ хьэлэмэт. 1970 гъэм Налшык и «Спартак»-м хэту абы зы зэIущIэ закъуэ иригъэкIуэкIыжащ. Апхуэдэу футболым дихьэххэм сэлам гуапэ ярихыжащ.
Жыласэ Заурбэч.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1920.txt"
} |
Хьэту Пётр и усэхэр
Бжьыхьэ уэфIым и макъамэр,
гур ихузми, мэIур гуакIуэу.
Сэ уэ зыр узимыIамэ,
зым щымыщт дунейм щызгъакIуэр.
Нэщхъей дыдэщ дунеижьыр, -
пщIащэпыхущи - псэр мэпыхьэ…
Уэрщ, уэращ сэ сыщIэхъыжьэр,
мы удж-пыхуми сыщIыхыхьэр…
* * *
Си лъагъуныгъэ, си дуней, си гуащIэ,
къыщIетхъ сыгуIэу си гум кIэрыпщIар,
сыкъигъэщIащ апхуэдэу сыгумащIэу,
гущIэгъур зиIэ, хэт сызыхищIа?
Мэхуалэ Бжьыхьэ хурыр пыгуфIыкIыу,
и нэпс щIигъэкIми гъуэжьу нэхур щыху,
си гъащIэр - уз мыхъужу - къызофыкIыр,
сфIогъуэлъ, сфIокIуасэ гъэхэр - пщIащэпыхущ…
Сыпхуэзэм, уи Iэр субыдынщ
сиIам уэрэду,
Си гукъэкIыжхэр къэлыдынщ,
зэрыджэм хуэдэу…
Иджыри си псэм уэ ухэлъщ
нэхунэ хуабэу,
иджыри ткIуакъым си гухэлъ,
пхуэсщIар нэхъапэм;
бжезмыIэфахэр бжесIэжынщ,
сызэIымынэу, -
си псалъэ щIыхуэр уэстыжынщ,
зыцIыкIу къэмынэу:
ди къуалэбзур кIэлъыпхъэращ
кIуэса гъэмахуэм,
сэ езы дыдэри аращ -
сIэщIокI си махуэр.
Мы бжьыхьэ уэфI къыпхуэмызар
къыпфIощI зэщыджэу…
Сэ дэнкIэ нэр сымыгъэзам -
мэлыд зэрыджэр.
* * *
Хьэцыбанэу жыг зыбжанэ
зыкъизыхыу бжьэпэм тетым,
си гур, си лъэр ягъэжану,
хьэщыкъ сащI, сраIумэту.
Ауэ, пэжщ, сигу къагъэкIыжхэр
нэщхъеягъуэрэ дыджыгъэщ -
уIэгъэжьу стелъ мыкIыжхэрщ -
къыпэкIуарщ си лъагъуныгъэм…
Дауэ мыхъуми, къысщохъужыр
сэ си губжь абы ягъэлу,
гу пхъашагъэр ягъэхъужу,
сэ езыр сыкърагъэлу…
Бжьыхьэр лъахэм къихьащ,
зэрыджейр игъэджэгуу,
си дуней-си блэкIар
щIигъэкIыжу си нэгум.
Уафэр плъыфэу иIащ,
пшэхэр хисхьэу къыпфIэщIу, -
пэжу, сэри сиIащ
гъащIэм сигу хэзыгъэщIи,
ауэ псэр мыкIуэда,
Iиблис Iуэху сыдихьэхыу, -
ныбжьэгъу пэж си куэдащ,
Iей къеблар ягъэмэхыу…
* * *
Уафэ къащхъуэм зыщегъафIэ дыгъэм,
бжьыхьэ уэфIыр си бгъэ-си псэм щызщ.
Уэ уи пыгуфIыкIым - уи удыгъэм -
сигъэIэсэу, жызегъэIэ: дызщ.
Мынасыпу жыIэ ар, упыхьэу, -
гур иригъуми, ар ди лэгъупыкъущ…
А насыпыр къыбдэкIуащи, бжьыхьэ,
тхъумэжыну тIэкIу къыддэIэпыкъу.
Зи теплъэр гуакIуэу Бжьыхьэ гъуатIэ,
балигъым и гупсысэ щэху,
уэ сыптхьэкъуныр сэ си натIэщ,
борэныр бжэм къытеуIуэху.
Ауэ ар жыжьэу хы гъуэз къащхъуэщ…
Уэ зэкIэ сыткIи узэкIужщ, -
бгъэзащIэу и унафэр Уащхъуэ,
уи пIалъэ гъуэгур къыбокIуж.
ЩIыуэпсым сытри щIэтщ уи хабзэм:
уэлбанэр, уэфIыр, жьы блэжар,
жыг къэпIейтейхэр, бзу бзэрабзэу
хуабапIэ лъыхъуэ ежьэжар…
Сыту сфIэфIыIуэ гъуэплъ-гъуэжьыгъэм
нэр щIэзукъуанцIэу сыпхыплъыну,
уи уафэ къащхъуэ-уафэ бзыгъэр
си псэм щызгъафIэу изгъэлъыну...
Сэ сеузэщI уи жумартыгъэм,
бжызоIэ: берычэт бесын!
Си дэрэжэгъуэу а уи тыгъэр
зыхэзыщIэнми лъызгъэсынщ.
Ар си насыпу къызолъытэ, -
аргуэру бжьыхьэ зэрыслъагъур,
узыщIэзышэ и гулъытэу
и плъэкIэ гуапэр, и пкъы щIагъуэр;
жыгей щхьэукъуэр, уэздыгъейхэр -
зэщIэпсэу гугъэкIэ гъэнщIахэр, -
псэр зыхуэныкъуэу чыцэ бейхэр,
зи пхъэщхьэмыщхьэу Iэгу ущIахэр;
абы и теплъэр, и бэуэкIэр
сызэрыцIыкIурэ зыхызощIэ,
икIи си лъынтхуэм и къеуэкIэр
абы ейм техуэу фIыуэ сощIэ.
Си бжьыхьэ хуру си нэхунэ,
уэ тыгъэ пщIым имыIэ гъунэ.
* * *
Иухащ гъэмахуэр… Соплъ аргуэру,
зимыгъэнщIрэ псэм зыхущIэзгъэхьэу,
къытхуехауэ уафэм жэнэт хуру,
морэ-гъуэплърэ щэхуу зекIуэ Бжьыхьэм.
Пэжу, уэркъ нысащIэу, зекIуэкIафIэщ,
лъахэр игъэбжьыфIэу, игъэуардэу,
псори дэхъу къыпфIэщIу лъагъугъуафIэ,
гур хигъахъуэу имыIэжу мардэ…
Уэршэрэгъу мамырщи, щыхъэр си псэм,
зыкъызигъэщIэжу, хузоIуатэ,
сэ си гъащIэм хэлъри курых-купсэу
щэхуу къызиIуэкIхэм хызогъуатэ.
Сэ си натIэм илъыр сысеижщи,
хуэсщIу зызмылIэж абы гукъанэ,
IэфIри дыджри гъащIэм есеижыр,
зым си деж имынэ и лъэданэ…
Бжьыхьэ хурыр, сощIэ, хъунщ ныуэжьи,
сызэрытридзэнур сщIэжу тафэм,
ауэ фIыкъэ - зэкIэ щIымахуэжькъым…
Соплъ, гугъэфIхэр сщIыуэ, къехам уафэм.
Дыгъэ нэбзийхэм псэр ягъафIэу,
сэ сфIэфIщ псыхъуэжьым сыдэсыну;
сощIэж щIыуэпс сфIэлъагъугъуафIэм
си махуэри зэригъэсынур…
Къэтхъэнсолыкъум, хьэцыбанэм
жьы тIэкIу къыкъуэухэр ходжэгухьыр,
къыпфIэщIу мафIэ зэщIэнарэ
щызэтрисхьэну гъуей къэухьыр.
Уплъамэ адкIэ - гъуэплъщ мэзыщхьэр,
бгы щхьэхухэм бзийхэр щыхисхьэжу;
гукъани щыхъэркъым си гущхьэм,
къысщохъу бий лъэпкъи симыIэжу.
Щыджэгу бдзэжьейр къыхэлыдыкIыу,
йожэхыр псыр, къыздэуэршэру…
Сызэрыпсэум сыщогуфIыкIыр,
щIыуэпсым щытми сыригъэру.
* * *
Уэ пщIэрэ псыхъуэм сыщIыдэтыр,
псэр «стхьэщIу» мэзым сыщIыщIэтыр,
гъунэгъу захуэсщIу - слъагъуу наIуэу,
бзу ушэхэм сэ сыщIедаIуэр,
сыщIыкIэлъыплъыр жьыбгъэ щабэм,
щIысфIэфIыр сэ бжьыхьэкIэ хуабэр,
сигу щIыхигъахъуэр бгы аранэм,
щIигъэпIейтейр, щIихузыр жьанэм,
сыщIэнэщхъейр сэ щыуэлбанэм,
къэтхъэнсолыкъум, хьэцыбанэм,
зэрыджэм, тутым, хьэмкIутIейми
сащIегуэпэкIыр Iыхьэлейуэ?
Теплъызэу нэр пщыхьэщхьэ пшэплъым,
гугъэфIхэр згъэпсу, сыт сыщIеплъыр?
Сыт сыщIепэмыр сфIэтелъыджэу
пщыхьэщхьэм сэ губгъуэбалыджэм?
Сыт зэзэмызи мы щIыуэпсым
къыщIысфIыщIихур сэ си нэпсыр?
Си Уащхъуэ фIэкIи си мыгъусэу,
си фIэщ хъужауэ щIэстхри усэ?..
ЯгъэнщI а псогуэм си гухэлъыр,
пхузиIэр IэфIу - си псэм хэлъыр,
ЩIэзмыужэгъури ахэр гъэкIэ -
уэ фIыуэ услъагъуным щхьэкIэщ.
* * *
Бжьыхьэ уэфIу чыцэ гъуафэм,
къысхуеха пфIэщIыну уафэм,
къыпылъэту пкIей хуэдам,
тхьэмпэ гъуэжь къэзубыдащ…
Мэз щхьэукъуэр къэзгъэпсалъэу,
содыхьэшхыр, къыщIэзгъалъэу:
«И кIэ цIыкIукIэ сIыгъщ!.. Мырелъ,
бжьыхьэ дыщэр сэ сIэщIэлъщ!
Бдзэжьей дыщэу, си Iэгу илъщ,
езгъэщIэнщ си гухэлъищ!..»
Мэджэгур мафIэкIэ фокIадэр,
и бзий телъыджэм псэр ехьэху,
мис къыщоудж ар ди жыг хадэм, -
бзэгу-тхьэмпэ плъахэр къыпегъэху;
блолъэт - гъэ блэкIхэу - ахэр щабэу,
я псэ макъамэр мэужьыхыж…
Сэ IэгукIэ къэзубыдхэр хуабэу
къонэжыр си гум - имыхуж.
СыныбжьыщIэ фIэкI умыщIэу,
гур къилъэту, си лъэр щIокI,
сиIэтыжу си гурыщIэм,
гъуей телъыджэм сэ сыпхокI…
ЗыпщызгъэнщIыркъым, мэз лъахэ,
сыту куэдрэ сыкъэта!..
Зэхызох макъамэ Iуахэр,
таурыхъищэм ящIэтар…
Зэи сэ спкърымыкIыжхэу,
зыгъэхуабэр си псэ жар
гукъэкIыжхэрщ… ГукъэкIыжхэм
сэ мыбдеж сыкъашэжащ.
Ди лъахэм и дахагъэр зымылъагъур
гущIэгъур зыхуэщIыпхъэхэм ящыщщ…
НалкъутналмэскIэ къищIыкIащ лъэс лъагъуэр,
мес, шыщIэм губгъуэр зэхежыхь, мэщыщ…
Псыхъуэжьым адкIэ мэзыр щоуфафэ,
ущIыхьэм, таурыхъищэ къыщIэпхынщ,
мыдкIэIуэ щиху сатырхэр пфIощIыр къафэу,
макъамэр, щIэдэIукIи, зэхэпхынщ.
ГуфIэгъуэр и нэгу илъу дыгъэ нагъуэм
сырымэу жэщ щхьэтепхъуэр, мес, зытрех…
Пэж дыдэу щихухэм, феплъыт, загъэщIагъуэ,
гъуэз дыжьыныфэр нуру къащхьэщех, -
акъужьыр щабэу тхьэмпэхэм ирожэ,
защимыгъэнщIу, гуапэу ядоджэгу…
А псом ятхьэкъур си псэр, сигу яхуожэ:
ди лъахэм и дахагъэр щIэтщ си нэгу…
Нэхущыр къулъшыкъухуэплъэщ,
нэхъ щIыIэтыIи хъуащ,
гу лъыптэу махуэм хощIыр,
дакъикъэр лъапIэ хъуащ, -
бгъуэтыжкъым хущIыхьэгъуэ,
бжьыхьэкIэм гъащIэр кIэщIщ…
Зэролъэлъыж бэджыхъхэр, -
абджынэхэр солъэщI…
ЩызэIуздзым ди щхьэгъубжэр,
жьым письмо къысхущIихьащ…
Тхьэмпэр телъщ иджы си стIолым, -
ди кхъужьейм ар къигъэхьащ.
Сыкъеджащ а письмо гъуэплъым:
жыгыр Iущу къыщIэкIащ…
Сигъэджалъэу сэ сыхоплъэ, -
гум щIыхьащ къызиIуэкIар...
* * *
Бжьыхьэ уэфIым и нэбзийхэм
ягъэхуабэ тхьэмпэ гъуэплъыр -
къыпыхунущ… Жыг лъэдийхэм
иужь дыдэу я псэр къоплъыр…
СыкIэлъоплъыр си гур хэщIу, -
псэ зыпытыр мыуахътыншэ, -
сщIэжу щытми гъащIэ кIэщIым
тещыгъуэныр щыгугъыншэу…
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1921.txt"
} |
Щхьэж и зэфIэкI иреплъыж
- «Лъэпкъ Iуэху» жыдоIэ сыт щыгъуи. Хэхэсми хэкурысми зыуэ зезыгъэлъытэж, псори зэзыгъэуIу лъэпкъ гупсысэр сыт хуэдэ, Аскэр?
- Нобэ дэтхэнэ хэгъэгу щыпсэу адыгэми лъэпкъым зэрыщыщыр къыгуроIуэ. Ар ди лъэпкъ гупсысэкIэм и лъабжьэщ. Зы лъэпкъыу дызэрыщытыр ди тхыдэм, хабзэм, бзэм, дуней тетыкIэм къегъэлъагъуэ. Ардыдэр къегъэлъагъуэ дэнэ щыIэ адыгэри ди Хэкужьым зы дыщыхъужыну гугъэшхуэ зэрыдиIэм. Лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм дадэпсэууэ дунейм дыщикъухьами, Тхьэм и фIыщIэкIэ, Iыхьлы-благъагъэ, жылэ-хэгъэгу Iуэху зэхыхьэ хъуми, нобэ дызэроубыдыф.
Дунейм тет лъэпкъ куэдым ещхьу, дэ пщэрылъуи гугъэуи диIэр зыщ: зыкъэдужьыжынырщ, ди адэжьхэм къащIэна хабзэмрэ бзэмрэ тхъумэнырщ. Абы махуэ къэс дыкъыхуреджэ ди лъэпкъыр здынэса щытыкIэми, дяпэкIэ щIалэгъуалэм къапэщылъ гъащIэми.
Дызэрыт зэманым адыгэхэр зыхуэныкъуэр сыт жыпIэмэ, ар дэтхэнэ хэгъэгуми хуитыныгъэу щыдиIэр лъэпкъым и фейдэкIэ къэдгъэщхьэпэфынырщ. ХэткIи нахуэщ дыщыпсэу щIыналъэхэм зэгурыIуэ-зэдэIуэжу дыщыпсэумэ, ди дежкIэ абы нэхъыфI зэрыщымыIэр. Иджырей дунейм тынш дыдэкIи уеджэнкъым, бэлыхьышхуэ зытелъ лъэпкъ куэд щыIэщ. Апхуэдэу щытми, гу лъумытапIэ иIэкъым, ипэ зэманым ди щхьэ кърикIуахэм еплъытмэ, нобэрей гъащIэм зэмызэгъыныгъэрэ зэпэщIэувэныгъэу хэтым елъытауэ, ди Iуэхур куэдкIэ зэрынэхъыфIыр.
Дыгъуасэрей дунейм хэгъэгухэм зэгурыIуэну Iэмал ямыгъуэту, идеологие пхэнжхэр щыпхышауэ, залымыгъэм цIыхугъэр щилъахъэу апхуэдэт. А псом къыхэкIыу, дэнэ щыIэ адыгэми пщэрылъу диIэр ди Хэкужьым псори дыщызэрыгъуэтыжын папщIэ тхузэфIэкI тщIэнырщ. Нобэ абы щхьэкIэ Алыхьталэм Iэмалу къыдитар къытхуэгъэсэбэпын хуейщ.
- Адыгэхэм я процент 90-р щыпсэу хэгъэгухэм зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр щокIуэкI. Къэрал зыбжанэм (Урысейм, Тыркум, Сирием, Иорданием, Германием) куэд къыщохъу. А псори зэхуэзыгъадэр зыщ: ди адэжьхэм я гъащIэм ещхькъым дяпэкIэ къэхъуну адыгэхэм я дунейр. Абы къыхэкIыу, нобэрей дуней мыгупсэхум дауэ адыгэхэр щызэрыубыдыжа зэрыхъунур?
- Шэч хэлъкъым дыкъэзыухъуреихь дунейм увыIэгъуэ имыIэу зэрызихъуэжым. Нобэрей технологие лъагэхэр, Интернетыр, хьэршым щрагъэкIуэкI къэхутэныгъэхэр, дыгъуасэ дызыхэта гъащIэм еплъытмэ, шурэ лъэсрэ я зэхуакущ. Апхуэдэу щытми, иджырей лъэхъэнэр цIыхугъэм нэхърэ, цIыхум бгъэдэлъ Iэмалхэм нэхъ я дунейуэ жыпIэ хъунущ. ИтIани цIыхум гулъытэ хуищIыфын хуейщ зэхэтыкIэ хабзэу зэзышалIэхэм, лъэпкъ, хэгъэгу зыщI щхьэусыгъуэхэм. Абы ипкъ иткIэ уасэшхуэ иIэщ адыгэ лъэпкъыр зэкъуэзыгъэувэ адыгэ хабзэмрэ адыгагъэмрэ.
Адыгагъэр - цIыхугъэщ, акъылщ, гулъытэщ, лIыгъэщ, напэщ, хьэтырщ, гуапагъэщ, псапэ щIэныгъэщ, псэр къэзыхъумэ тхьэфIэщхъуныгъэщ, абы къыхэкIа лъэпкъ гупсысэкIэрэ псэукIэрэщ.
Адыгагъэр - адыгэм фIы езыгъащIэ пщэрылъщ, зэмыплъэкIыжу цIыхухэмрэ лъэпкъымрэ яхуэлэжьэну езыр-езыру Тхьэм и цIэкIэ и пщэ дилъхьэжа къалэнщ. Лъэпкъыр зэзыгъэуIуу цIыхугъэм и лъагапIэм хуэзышэ Iэмалщ ар.
ЦIыхугъэр зи лъабжьэ хабзэ зехьэкIэр ди лъэпкъым езым и гукъыдэжкIэ къыхихащ. ЛIэщIыгъуэ блэкIахэм зэфIэува хабзэм зэхъуэкIыныгъэ гуэр къыхэхъуами, и лъабжьэм зимыхъуэжу къызэтенащ. Илъэс минхэм къапхыкIа цIыхугъэ щапхъэхэмкIэ зэгъэзэхуа хъуа хабзэр зыхэлъ адыгэхэр дыгъуасэ фIэкIа дунейм къытехьауэ щымытамэ, и хъугъуэфIыгъуэхэр нобэрей ныбжьыщIэхэм я деж къэсынтэкъым.
ЩыIэныгъэм и мыхьэнэр, цIыху зэхущытыкIэм, нэхъыжь-нэхъыщIэм, хъулъхугъэ-бзылъхугъэм, унагъуэ гъэпсыкIэм, сабий пIыкIэ-гъэсэкIэм дызэрыхущытымкIэ дэ псоми дакъыщхьэщокI. А псоми зэрыбгъэдыхьапхъэр адыгэхэм куэд щIащ къызэрагъуэтрэ.
Пэжщ, зэрыщытын хуеймрэ зэрыщытымрэ щызэтемыхуэ куэдрэ къохъу, ауэ ар цIыхум къыхих гъуэгум елъытащ. Мы дунейм дахагъэу тетым зритрэ, хьэмэрэ гъащIэм езым здихьымкIэ зригъэхьэхрэ - щхьэж къызэрыхихщ, зэреплъщ. Езы лъэпкъым гъуэгу захуэу илъытэр къигъэнахуакIэщ.
Сэ сызэрегупсысымкIэ, адыгагъэмрэ адыгэ хабзэмрэ я фIыгъэкIэ лъэпкъыр тхьэмыщкIагъэ куэдым къелащ, дунейм цIыхуу тетым цIыхугъэкIэ ябгъэдэтыфу езыхэми пщIэ зыхурагъэщIыфу зэманым къыпхыкIащ.
ЖумыIэми хъунущ адыгэр адыгэу къызэтенэным зи гупсысэ нэмысым, лъэпкъ лъабжьэр гъэбыдэным иужь имытхэм, абы и Iуэхур зэIызыщIэ гъуэгу пхэнж тетхэм яфI лъэпкъым къызэремыкIыр. Зи лъэпкъым уасэ хуэзымыщIым, зыщыщыр къызыфIэмыIуэхум, хабзэ, бзэ зезымыхьэжхэм цIыхухэм зэраныгъэ къыхуахь, пхузэхэмыхыжын хуэдизу лъэпкъ гупсысэкIэр зэхагъэзэрыхь. Сыт хуэдэ дуней тетыкIэ абыхэм къыхуагъэнэнур ныбжьыщIэхэм? Щхъухь ирагъэшхам ещхьу, цIыху ныкъуэхэу дунейм къытенэнухэщ.
- Адыгэ цивилизацэр. Абы и уасэмрэ гъэщIэгъуэну хэлъымрэ. Сыт хуэдэ щIыкIэу къагурыбгъэIуэну ныбжьыщIэхэм - хэхэси хэкурыси - адыгэу укъэнэжыным мыхьэнэуэ иIэр? ИкIи сыт хуэдэ щIыкIэу ар дуней псом и пащхьэ зэритхьэнур, и фIыр зыхащIэн хуэдэу?
- ИщхьэкIи и гугъу сщIащ узэрыгушхуэну ди лъэпкъ щэнхабзэм хэлъхэм. Адыгэхэр дунейм нэхъ лъэпкъыжь дыдэу тетхэм ящыщщ. ЩIэныгъэлIхэм зэралъытэмкIэ, илъэс мини 7-8-кIэ узэIэбэкIыжмэ, Кавказым къыщожьэ ди лъабжьэр. А зэманым щыщIэдзауэ нобэр къыздэсым лъэпкъ куэд дунейм текIуэдыкIащ, щыIами-щымыIами ямыщIэжхэу. Ди насып кърихьэкIри дыкъызэтенащ. Абы дэ нэгъэсауэ къыдгурымыIуэ кууагъ гуэр хэлъ къыщIэкIынщ, пэжыр Тхьэм ещIэ.
Сэ сызэреплъымкIэ, къытщIэхъуэ ныбжьыщIэхэм къагурыдгъэIуэн хуейщ лъэпкъыр хъумэжыныр Тхьэм пщэрылъ къызэрытщищIар: цIыхугъэ лъагэр зи лъабжьэ хабзэ зекIуэкIэ, цIыху зэхэтыкIэу диIэр дригушхуэу тIуэтэн хуейщ, ар ипэкIэ зэрыдгъэкIуэтэнми дыхущIэкъупхъэщ. Ахэр тхузэфIэкIын папщIэ ди Iэмалхэри мыращ: цIыхугъэ, лIыгъэ, щыпкъагъэ, напэ, гущIэгъу, фIырэ псапэрэ, фIэщхъуныгъэ. Ахэращ зытещIыхьауэ щытынур къытпэщылъ тхыдэр. Адыгагъэм тету псэу цIыхур фIы псори зыхэлъ цIыхущ. НэхъыфIым дытетмэ, лъэпкъыр хъумэжынымкIэ ди къалэныр тхуэгъэзащIэмэ, дунейм тет лъэпкъ куэдым дахэшымыпсыхьу дыкъызэтенэнущ.
Сэ сыщогугъ адыгэ щIалэгъуалэм ар пэжу къагурыIуэну. Щхьэж и къалэным и гугъу пщIымэ, дэтхэнэ зыри япэу дызэлIэлIапхъэр ди бынхэрщ. Дызытепсэлъыхь фIыгъуэхэр абыхэм яхэтлъхьэну тхузэфIэкIмэ, иужькIэ псори Iуэху щхьэпэм дыщыгуфIыкIыжынущ. ТIэщIэкIамрэ дызылъэIэсыпхъэмрэ зэхэдгъэкIыу, абы теухуауэ псори дызэдэлэжьапхъэщ.
- Лъэпкъ гупсысэкIэ, щэнхабзэм теухуауэ зылъэмыIэсыф гуэрхэр яIэ адыгэхэм? ЯIэмэ, сыт а лъэныкъуэмкIэ нэхъ зэлIэлIапхъэр?
- Лъэпкъ гупсысэкIэмрэ щэнхабзэмрэ хъумэнырщ дунейм тет дэтхэнэ зы лъэпкъми и къэкIуэнур зэлъытар. Лъэпкъ гупсысэкIэ зимыIэм дунейм щIытетыр имыщIэу, жьым зрихьэу мэпсэу, псэ Iут къудейуэ. Дэтхэнэ гукъеуэми игу игъэкIуэду, гугъэр IэщIыб ищIарэ щыIэкIэ-псэукIэм хуэхамэу къонэ апхуэдэ цIыхур. ДэшэхыгъуафIэ мэхъури, адрей лъэпкъхэм тыншу хошыпсыхьыж. Ди лъэпкъыр зыгъэкIуэдыжыну щIэхъуэпсхэм апхуэдэ плъапIэхэр къытхуаIэу куэдрэ къебгъэрыкIуащ адыгэ щэнхабзэми, тхыдэми. Кавказым пасэрей цивилизацэ имыIа хуэдэу къагъэлъэгъуэну хэтщ абыхэм нобэми. Адыгэм дунейпсо цивилизацэм хэлъхьэныгъэ хуимыщIа хуэдэу жаIэ. Ди лъэпкъым лIыгъэу зэрихьахэр ягъэмащIэу, хуэмыфащэ къыхужаIэу, лъэпкъ Iэлу, мыгъасэу щыта хуэдэу ягъэхъыбар. Е адыгэм тхыдэм къыщилэжьа пщIэр кIэрагъэхуу, щыщIэныгъэ гуэр далъагъумэ, ягъэбагъуэу апхуэдэхэщ. Ахэр зыщIэхъуэпсыр зыкъэдужьыжын гугъэр тIэщIахыу дыхагъэкIуэдэжынырщ. Ауэ ар абыхэм къехъулIэнукъым, блэкIа лъэхъэнэхэм лъапсэрыхыр къытхуагъэкIуа пэтми, дызэрамыгъэкIуэдыфам хуэдэу.
XX лIэщIыгъуэм академическэ щIэныгъэм куууэ зиужьащ, иджыри къэс цIыху цIыкIур зыщымыгъуазэ куэд зэхуахьэсыжащ. Адыгэ тхыдэджхэми, археологхэми, этнографхэми, щэнхабзэм и лэжьакIуэхэми куэд яхэтщ дунейпсо тхыдэ щIэныгъэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа. Ди нобэрей пщэрылъхэм ящыщщ адыгэм и щIэныгъэм хэдгъэхъуэныр, ипэкIэ дгъэкIуэтэныр. Абы щхьэкIэ ди лъэпкъым и тхыдэм елэжь щIэныгъэлIхэр къетшалIэу, щIэуэ езы щIэныгъэм къыхэхъуэри зэдгъэуIуу къыкIэлъыкIуэ щIэблэм лъэдгъэIэсын хуейщ.
Абы нэхърэ нэхъ мащIэкъым щэнхабзэм ехьэлIа къалэнхэри. ЩIалэгъуалэм, псом хуэмыдэу хэхэсхэм, анэдэлъхубзэ яIурылъкъым. Абы къыхэкIыу, адыгэ тхыдэм теухуа тхыгъэхэми, «Нарт» эпосми, лъэпкъ литературэми щымыгъуазэу къонэ. Пэжщ, езыхэри йолэжь а Iуэхугъуэхэм. Ауэ хэкужьым щекIуэкIым упэIэщIэу жыжьэ укIуэтэнукъым. Мы сызытепсэлъыхьыр гъэсэныгъэм елэжьхэми, лъэпкъ зэгухьэныгъэхэми яхуэгъэзащ. «СщIэнщ» жиIэмэ, хэти и къару зрихьэлIэн игъуэтынущ. Абы къыхэкIыу, XXI лIэщIыгъуэр адыгэхэм я зыужьыжыныгъэм и зэману къэтлъытэн хуейщ. КъыдгурымыIуэу мыхъунур зыщ: зыри къакIуэу ди Iуэху тхузэфIихынукъым.
- Политикэм, щэнхабзэм теухуауэ сыт хуэдэ пщэрылъ зэхуащIыжыр лъэпкъ Iуэху зезыхуэ гупхэм? Ахэр дауэ зэфIэгъэхьа зэрыхъунур?
- ИпэкIэ зэрыжысIащи, иджырей адыгэхэм я къалэн нэхъыщхьэр адыгэу къызэтенэжынырщ, я щэнхабзэр яхъумэжынырщ. Илъэс мин бжыгъэ хъуауэ лъэпкъыбзэ, хабзэ хъуми, лъэпкъым къыдекIуэкIхэр яхъумэнырщ. Дэнэ щIыпIэ щыIэхэми дэIэпыкъуэгъу дахуэхъун хуейщ. Ауэ псом нэхърэ нэхъапэр - адыгэр и Хэкужьым къешэлIэжынырщ, сыту жыпIэмэ, абы лъэпкъым и пщэдейрей махуэр зэрыщыту елъытащ. ТщIэ псоми и мыхьэнэр аращ.
Мыбдеж наIуэ къыщохъу хэт и напи: ирецIыху щхьэхуэ, ирецIыху гуп, ирекъэрал къулыкъущIэ. Щхьэж и зэфIэкI иреплъыж: унагъуэ дапщэ хэкум къишэжа, щигъэгупсэхужа, нэрыбгэ дапщэм ядэIэпыкъуа? ИтIанэ хэти ищIар IупщIу илъагъужынщ.
Мы зи гугъу сщIыхэм лъэпкъыр зэкъуэзыч щхьэусыгъуэу щыIэхэри хохьэ. Гуп щхьэхуэхэр щыIэщ хэкум ягу иримыхьын гуэр щалъагъумэ, ущIэкIуэжын щыIэкъым жаIэу. Апхуэдэ дыдэу, Хэкужьым къэкIуэжахэр, хэхэсхэр зыубхэри мащIэкъым. Зы лъэныкъуэкIэ, Кавказым щыIэ лъэпкъ зэгухьэныгъэхэр къэралым еубзэ зэпыту, адыгэ Iуэху зэрамыхуэу ягъэIу. Мыдрейхэми «хэхэсхэр адыгэжкъым, ахэр хьэрып, тырку хъуакIэщ, Кавказым къыхуеижкъым» жаIэ. А лъэныкъуитIми уедаIуэ зэрымыхъунур гурыIуэгъуэщ.
Хэхэс адыгэхэм я къарур щIэзыхыр хэкум икIыу абыхэм я деж хъыбар нэпцIхэр зэрыкIуэрщ. Апхуэдэ дыдэу зэраныгъэ къешэ хэкум къахь псалъэмакъ мыщхьэпэхэми. Хэкум къэкIуэну, къэплъэну щIэхъуэпс ныбжьыщIэхэм я мурадхэр апхуэдэ хъыбар нэпцIхэм ялъахъэ.
А псор зэрымыщIэкIэ къэхъу гуэру щыткъым. Адыгэр зыдэпсэу лъэпкъхэм яхэшыпсыхьыжмэ нэхъ къэзыщтэхэр зэрыщыIэр наIуэщ. Апхуэдэ дыдэу Iыхьлыгъэ-благъагъкIэ зэпыщIахэм я зэхуаку дэлъ лъэмыжхэр якъутэным хущIэкъухэри гъунэжщ. Сыт хуэдэ щхьэусыгъуэ къагъуэтми, ди лъэпкъым хэлъ зэкъуэшыныгъэмрэ зэпыщIэныгъэхэмрэ зэпауду езы адыгэри хагъэкIуэдэжынырщ абыхэм я плъапIэр.
Ди гуращэхэр къыдэхъулIэн папщIэ, лъэпкъ гупсысэкIэм дытетын хуейщ. Адыгэ псалъэжьым жеIэ: «ФIы щIэи псым хэдзэ». Абы тету, дызэмыплъэкIыжу, щхьэж хузыфIэкIымкIэ лъэпкъ Iуэхум дыхэувэу ипэкIэ дгъэкIуэтэным дыхущIэкъупхъэщ. Нэхъыбэ къыдэхъулIэху, лъэпкъыр зыщIэхъуэпс гъащIэми нэхъ гъунэгъу дыхуэхъунущ. Тхьэм ди псэм и къарур къытпэщылъ къалэнхэр дгъэзэщIэным пигъэлъэщ!
Епсэлъар ХьэпцIэ Iэминатщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1922.txt"
} |
Дунейм щыхъыбархэр
♦Унагъуэхэм я дунейпсо махуэщ
♦Климатым и дунейпсо махуэщ
♦Езым и дуней еплъыкIэм къызэремызэгъым къыхэкIыу дзэм къулыкъу щымыщIэным и дунейпсо махуэщ
♦Осетие Ищхъэрэ - Алание Республикэм щагъэлъапIэ осетиныбзэмрэ литературэмрэ я махуэр
♦1867 гъэм Жор Плъыжьым и Урысей зэгухьэныгъэр къызэрагъэпэщащ.
♦1930 гъэм США-м щыщ Черч Эллен дунейм щыяпэу стюардессэу лэжьэн щIидзауэ щытащ.
♦1935 гъэм Москва и метром и япэ къудамэм - «Сокольники» - «Парк культуры» линэм - мафIэгу ирикIуащ.
♦1942 гъэм 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр лъэпкъ шу дивизэр зауэм кIуащ.
♦1945 гъэм Югославием и дзэм иухащ къэралыр фашист зэрыпхъуакIуэхэм къаIэщIэгъэкIыжын.
♦1945 гъэм Москва и радиом къитащ Хэку зауэшхуэм и фронтхэм къикI иужьрей хъыбарыщIэхэр.
♦1955 гъэм СССР-м, Инджылызым, Франджым, США-м, Австрием Венэ Iэ щытрадзащ Австрием и къэралыгъуэр зэфIэгъэувэжыным, ар демократие хабзэхэм тетыным теухуа зэгурыIуэныгъэм.
♦1965 гъэм СССР-м къыщызэрагъэпэщащ ЩIэныгъэхэмкIэ и академием Хьэрш къэхутэныгъэхэмкIэ и институтыр.
♦1845 гъэм къалъхуащ урыс биолог, Нобель и саугъэтыр зрата Мечников Илья.
♦1848 гъэм къалъхуащ урыс сурэтыщI цIэрыIуэ Васнецов Виктор.
♦1859 гъэм къалъхуащ франджы щIэныгъэлI-физик, Нобель и саугъэтыр зыхуагъэфэща Кюри Пьер.
♦1891 гъэм къалъхуащ роман цIэрыIуэ куэд зи къалэмыпэм къыщIэкIа урыс тхакIуэ, драматург, режиссёр Булгаков Михаил.
♦1903 гъэм къалъхуащ шэрджэс тхакIуэ Темыр Сэлихь.
♦1914 гъэм къалъхуащ режиссёр, УФ-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Адыгэ Республикэм и цIыхубэ артист IэхъуэджакIуэ Мэжид.
♦1919 гъэм къалъхуащ драматург, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Акъсырэ Залымхъан.
♦1921 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, драматург, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Дудар Хьэутий.
♦1925 гъэм къалъхуащ совет актрисэ, СССР-м и цIыхубэ артисткэ Касаткинэ Людмилэ.
♦1925 гъэм къалъхуащ урысей композитор, Совет Союзым и цIыхубэ артист, СССР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Эшпай Андрей.
♦1933 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ артист, режиссёр цIэрыIуэ ШэрыIужь Анатолий.
♦1935 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, журналист, «Адыгэ псалъэ» газетым и къудамэм и унафэщIу илъэс куэдкIэ лэжьа Къамбий Зуфар.
♦1940 гъэм къалъхуащ УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ Светличная Светланэ.
♦1942 гъэм къалъхуащ техникэ щIэныгъэхэм я доктор, РАЕН-ми ЩIДАА-ми я академик, РАН-м и Къэбэрдей-Балъкъэр центрым и тхьэмадэ Иуан Пётр.
♦1947 гъэм къалъхуащ УФ-ми, Кубанми, КъБР-ми щIыхь зиIэ я артист, Адыгэ Республикэм и Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща, Зэныбжьэгъугъэм и орденыр зрата Зыхьэ Заурбий.
♦1962 гъэм къалъхуащ физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор ДыщэкI Артур.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 27 - 29-рэ, жэщым градус 15 - 17 щыхъунущ.
Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1923.txt"
} |
1779 гъэм Къэбэрдейм щекIуэкIа мазибл зауэр
Нэщхъеягъуэм теухуауэ щыIэ тхыдэ лэжьыгъэхэр
IуэрыIуатэм «Мазибл зауэ» цIэмкIэ къыхэна лъэпкъ нэщхъеягъуэр 2019 гъэм жэпуэгъуэм и 10-м (махуэгъэпсыжьымкIэ - фокIадэм и 29-м) илъэс 240-рэ ирикъуащ. ИлъэсищэкIэ екIуэкIа Урыс-Кавказ зауэм и кIуэцIкIэ къэбэрдейхэм я хэкур зэрахъумэжа тхыдэм хиубыдэ пэтрэ, 1779 гъэм къэхъуахэр къэзыгъэлъагъуэ лэжьыгъэхэр нобэр къыздэсым адыгэ тхыдэ щIэныгъэм хэткъым. ЩыIэр Сокъур Валерэ «Мазибл зауэ» зыфIища, адыгэбзэкIэ дунейм къытехьа тхыгъэ закъуэрщ, ари, КъБР-м епха тхыдэ лэжьыгъэхэм къыщагъэщхьэпэн хуэдэу, иджыри къэс урысыбзэкIэ зэрадзэкIакъым.
Гу лъытапхъэщ 1779 гъэм Кавказ Ищхъэрэм щекIуэкIа дзэ-политикэ къэхъукъащIэхэм ятеухуауэ Бутков Пётр, Къэжэр Валерэ, Хьэкъул Людмилэ сымэ я лэжьыгъэхэм мыхьэнэшхуэ зиIэ пычыгъуэхэм узэрыщрихьэлIэм. Ауэ ахэри, Къэбэрдейр XVIII лIэщIыгъуэм къызрикIуа тхыдэм и гугъу ящIурэ, къэбэрдейхэр 1779 гъэм пащтыхь зэрыпхъуакIуэ политикэм зэрыпэщIэта щIыкIэм блэкI пэтрэ тепсэлъыхьу аращ. Нало Заур «Жэщтеуэшхуэм и гъыбзэ» уэрэдым и тхыдэр» («Из истории «Песни Большого Ночного нападения») лэжьыгъэм къыщегъэлъагъуэ 1779 гъэм Къэбэрдейм къыщыхъуахэр IуэрыIуатэм, тхыдэ щыхьэт пщIын хуэдизу, зэрихъумар.
Мазибл зауэм хуэфэщэн гулъытэ щIыхуамыщIам и щхьэусыгъуэр ар Къэбэрдейм хэщIыныгъэ абрагъуэ езыта къэхъукъащIэу зэрыщытыр ара къыщIэкIынщ. Къэралым и нэIэ щIэта совет тхыдэ щIэныгъэм апхуэдэ къэхъукъащIэхэм утепсэлъыхьыххэныр идэртэкъым, лъэпкъ зэныбжьэгъугъэм зэран хуэмыхъун, зыуэ щыт совет лъэпкъыр зэфIэува хъун папщIэ. Совет лъэхъэнэр икIа нэужьи, адыгэ тхыдэджхэм, лIыхъужьыгъэм и щапхъэхэм къадэкIуэу, нэщхъеягъуэхэм епха тхыдэри яджын Iэмалыр къызэIузыха ипэрей илъэсипщIыр зыIэщIагъэкIащ. Иджыпстурей къэрал зэхэтыкIэм здиунэтIам тепщIыхьмэ, абыи зэхэгъэж имыщIу, дэтхэнэ зы лъэпкъми и тхыдэр нэгъэсауэ къигъэлъэгъуэну Iэмал ириту щыткъым. Ар наIуэ хъуащ Урыс-Кавказ зауэр илъэси 150-рэ щрикъуам щыгъуэ. Ди къэралым аргуэрыжьу тхыдэ зэхэгъэжым гъуэгу щигъуэтащ. ПсэщIэ къызыIукIэжа импер Iуэху зехьэкIэм тхыдэджхэри цIыхубэри хуегъэсакъ я блэкIам къыхэщ нэщхъеягъуэхэм гулъытэшхуэ хуащIыным.
А Iуэхум ехьэлIауэ нэмыцэ философ Ясперс Карл и жыIэгъуэ сигу къокIыж: «Зауэм къихьа гузэвэгъуэр зыщагъэгъупщэныр яхуэбдэ хъунукъым. БлэкIам сыт щыгъуи тепсэлъыхьын хуейщ. Ар къэхъуащ, къэхъуну Iэмал иIащ, аращи, иджыри къигъэзэжынкIэ хъунущ. ЩIэныгъэм фIэкIа абы и гъуэгур зэрызэпыбупщIыфын щыIэкъым. Шынагъуэр ар пщIэну ухуэмеинырщ, зыщыбгъэгъупщэным ухущIэкъунырщ, ар пэж дыдэу къызэрыхъуар уи фIэщ мыхъунырщ». Абы зи гугъу ищIыр 1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа зауэрщ, ауэ, дэ дызэреплъымкIэ, а псалъэхэр XVIII лIэщIыгъуэм и кIэм - XIX и пэщIэдзэм Кавказым щекIуэкIа гузэвэгъуэми епхьэлIэ хъунущ.
КупщIэшхуэ зыщIэлъ а псалъэхэр дигу илъу, илъэсищэкIэ (1763 - 1864) екIуэкIа Урыс-Кавказ зауэм и напэкIуэцI нэхъ гущIыхьэхэм яз къызэIутхынщ.
Мазибл зауэм
щхьэусыгъуэ хуэхъуар
Псоми ящIэ Урысейм Кавказыр зыIэщIилъхьэныр 1763 гъэм Тэрч и сэмэгурабгъу Iуфэм деж Мэздэгу быдапIэр зэрыIуищIыхьамкIэ зэрыщIидзар. Мэздэгу быдапIэр Урысейм лъэ увыпIэ лъэщу щызыIэригъэхьат Кавказым. 1768 - 1774 гъэхэм Тыркум дригъэкIуэкIа зауэм и кIэн къыщикIыу, Къэйнарджи ЦIыкIу деж мамырыгъэ зэгурыIуэныгъэр щыпхигъэкIа нэужь, Урысейм Къэбэрдейм и ипщэ щIыпIэхэр, абы щыпсэу цIыхубэм игъащIэ лъандэм мэш гъэкIыпIэу, Iэщ зехуапIэу яIахэр, зыIэригъэхьэн щIидзащ. А Iуэхугъуэм Къэбэрдейм и социально-экономикэ щытыкIэм зэхъуэкIыныгъэшхуэ иритат. Къэбэрдейхэм (балъкъэрхэми, осетинхэми) я дежкIэ Iэщ зехуэныр ерыскъы хэхыпIэ нэхъыщхьэт, абы къыхэкIыу щIымахуэ хъупIэу щыт Къурей губгъуэхэм мыхьэнэшхуэ яIэт.
Урысхэр я Хэкум и кум кърамыгъэхьэн папщIэ, къэбэрдейхэр зыхэта Iуэхухэм зыри къикIакъым. Абы ищIыIужкIэ, Урысейм 1777 гъэм щегъэжьауэ Балъкъ и Iуфэ сэмэгум, Псыжь и Iуфэ ижьым, Мэздэгу щегъэжьауэ Iузэв нэс пхыкIыу ягъэува гъунапкъэщIэм быдапIипщI трищIыхьын щIидзащ. Абыхэм ящыщу Екатериноградскэр, Павловскэр, Марьинскэр, Георгиевскэр, Александровскэр, Константиноградскэр зытращIыхьар КъэбэрдеищIрат. Абы къыхэкIыу, пщы зыбжанэм зэрымыарэзыр къыщагъэнаIуэм, абыхэм цIыхубэри ягуэуващ. А щхьэусыгъуэрщ Къэбэрдейм Iэщэ къищтэн хуей щIэхъуар, ауэ апщIондэху зэуэн Iуэху зэрамыхуэу, я Iуэхур псалъэ къудейкIэ пхагъэкIыну иужь итахэщ.
Щымыхъужым, 1778 гъэм къэбэрдеипщхэр Павловскэ быдапIэм теуащ. Абыхэм къапэщIэуващ генерал Якоби зи унафэщI урысыдзэр. 1778 гъэм и кIэм къэбэрдейхэм аргуэру Урысейм зыхуагъэзащ, гъунапкъэм тращIыхьа быдапIэ псори трахыжыныр паубыду.
1779 гъэм гъатхэпэм и 29-м къэбэрдей пщы-уэркъхэр зэхуосри унафэ ящI, Урысейм быдапIэхэр трихыжын имыдэмэ, Iэщэ къащтэну. Къэбэрдей пщы уэлий Тэтэрхъан Жамбот Iуэхур зауэ-банэм хуимыгъэкIуэну хэтащ. Урысейм пIалъэ кIыхькIэ зэрыпэщIэтын къару Къэбэрдейм зэримыIэр къызыгурыIуэ закъуэтIакъуэхэм яз къыщIэкIынт ар. ИтIани, яфIэкIуэдынкIи хъуну щIыхэр апхуэдизкIэ куэдти, аращ нэхъыбэу Урысейм пэщIэувэ-ныр тезыгъэкIуар. Пщы-уэркъхэм я нэхъыбэм мурад быдэ ящIат ипщэкIэ щылъ ящIхэр зыIэрамыгъэхьэжауэ мыувыIэну. Къэбэрдейм Iуэхур апхуэдизкIэ къыщызэщIэплъати, куржы пащтыхь Ираклий ЕтIуанэм Куржым Iэпхъуэну иригъэблагъэхэр щыIэт. «Куржы пащтыхь Ираклий ЕтIуанэм къэбэрдей пщы-уэркъхэм Урысейм дзыхь зэрыхуамыщIыр къигъэсэбэпри, 1778 гъэм и дыгъэгъазэм КъэбэрдеитIми я пщы-уэркъхэм захуигъэзащ псори Куржым Iэпхъуэну иригъэблагъэу, щIы пшэрхэмкIэ, псыхъуэ нэхъыфIхэмкIэ къигъэгугъэу…» - къыщыхегъэщ и тхыгъэхэм Бутков Пётр. Абы къигъэгузэва Кавказ администрацэм щыщ къулыкъущIэхэм Бытырбыху ятхырт: «Зэры-Къэбэрдейуэ, я пщылIхэр я гъусэу, Куржым Iэпхъуэну загъэхьэзыр». Арати, Къэбэрдейм къыщыхъея зэрызехьэм теухуа хъыбарыр урыс пащтыхьым деж нагъэсащ.
Зауэм
зыхуагъэхьэзырын щIадзэ
1779 гъэм и гъатхэм щегъэжьауэ Къэбэрдейм зауэм зыхуигъэхьэзырын щIедзэ. БалигъыпIэ ит цIыхухъухэм щхьэж игъуэт Iэщэр пщIэхэлъу ипщэ щIыналъэмкIэ яунэтI, Балъкъ зэпрокIри, Къурей губгъуэ жыхуаIэ щIыпIэм деж зыщаубгъу, вэн-сэн щIэдзэгъуэр щхьэусыгъуэ ящIу зыкъыщагъэлъэгъуэну. Абыи къыщымынэу, абыхэм зауэм зыхуагъэхьэзырын щIадзащ, ухуэныгъэ мыин дыдэхэр зэтралъхьэу, быдапIэм зэребгъэрыкIуэну Iэмэпсымэр зэрагъэпэщу. Iэщэ яIыгъыу зыкъэзыIэтахэм Къурей ТIуащIэ (иджырей Псыхъурей) мэзым хэщIапIэ щащIри зыщагъэпщкIуащ. Сокъур Валерэ къызэрилъытэмкIэ, зауэм хуагъэхьэзыра псори абдеж дыдэращ щызэрагъэпэщар. Къэбэрдейм щызекIуэ политикэ хабзэмкIэ, зауэ къэхъумэ, пщы уэлийр езыр-езыру дзэпщу ягъэувырт. Абы унафэ ищIыфын хуэдэу щыщымытым деж (нэхъыбэм - ныбжьым къыхэкIыу), бгъэдэлъ зэфIэкIым елъытауэ нэгъуэщI дзэпщ къыхахырт. Зауэр иуха нэужь, абы а къалэнхэр зыщхьэщихыжырт. Мыбы щыгъуэм, ищхьэкIэ зэрыщыжытIащи, пщы уэлийр Урысейм пэщIэувэныр зыфIэмыкъабыл Тэтэрхъан Жанхъуэтт. Ара къыщIэкIынщ и щхьэусыгъуэр дзэзешэ IэкIуэлъакIуагъкIэ цIэрыIуэ Бомэт Мысост дзэпщ нэхъыщхьэу щIыхахам. Ар дыдэр дзэ гупи-щым я зым и унафэщI хъуащ. Адрей тIум Къетыкъуэ Хьэмырзэрэ Къарэмырзэрэ трагъэуващ. Сокъур Валерэ зэрыжиIэмкIэ, иужьрейр Мысостхэ ящыщт. ТIасхъэщIэх къалэнхэр Къэнэмэт Елбэздыкъуэ и пщэ далъхьащ. Абы а къалэныр зыхуей хуэзэпауэ игъэзэщIащ. Кърымым щыщ ермэлы щIалэ Восканян Артемий «къищэхущ», ар Александровскэ быдапIэм дигъэхьэри, члисэм гуэт шхапIэм мафIэ щIригъэдзащ. Теуэгъуэр къызэрысамкIэ абыкIэ къэбэрдейхэм хъыбар яригъащIэу арат.
Зауэм зэрыщIидзар
Къэбэрдейхэм накъыгъэм и кум зэуэн щIадзащ. Абыхэм къагухьащ беслъэнейхэр, кIэмыргуейхэр, шэшэнхэр, нэгъуейхэр. ПсыжьадрыщI шэрджэсхэр (цIыху мин 1,5-м нэс) Шэткъалэ (Ставрополь) теуащ. Шэшэнхэр Мэздэгу полкым зыщиубгъуа станицэхэм ебгъэрыкIуэрт. Зауэр къыщыхъеят Псыхуабэ и Iэшэлъашэми. Къэбэрдейхэм я къару нэхъыщхьэр Екатериноградскэмрэ Марьинскэмрэ ираутIыпщащ. Езы быдапIэхэм ебгъэрыкIуауэ аратэкъым адыгэхэр, къэзакъхэр ирагъэкIуэтри, Iэщ мини 5-м нэс яхуа къудейт. ЖыпIэпэмэ, абыхэм нэхъапэIуэкIэ езыхэм трахахэр зыIэрагъэхьэжауэ арат. Урыс быдапIэхэм дэс дзэхэм захъумэжа фIэ-кIа, къыдэкIахэкъым.
Мэкъуауэгъуэм и 5-м минитхум нэблагъэ къэбэрдеидзэм къэзакъхэм ятеуэн ипэкIэ, гупищу заугуэшащ. Япэрейр генерал Якоби гухьэну ежьа къэзакъхэмрэ къалмыкъхэмрэ ятеуащ. ЕтIуанэр езы генерал Якоби и дзэм зыщиубгъуа лагерым теуащ. Ещанэр Марьинскэ быдапIэм ебгъэрыкIуащ. ЕтIуанэ гупым къэзакъхэр жыжьэрыуэ топхэмрэ фочышэкIэ къапэуври, къикIуэтын хуей хъуахэщ. Марьинскэ быдапIэм ебгъэрыкIуахэр жэщитI-махуитIкIэ зэуащ, ауэ ар яубыдыфакъым. Теуахэм цIыхуи 120-рэ хэщIыныгъэу ягъуэтащ.
Сокъур Валерэ зэрыжиIэмкIэ, ахэращ зытеухуар «Къэбэрдей жэщтеуэшхуэм и уэрэдыр».
Павловскэ быдапIэм деж щекIуэкIа
зауэзэрылIыр
Мэкъуауэгъуэм и 10-м генерал Якоби Павловскэ быдапIэм дзэхэр къыдешри, «зэпэплIимэ» («каре») гупищу егъэув. Къэбэрдейхэр япэщIыкIэ зы сатырышхуэу мэув, итIанэ, бийм зэрызиукъуэдиям елъытауэ, щыуэ заугуэшри къапэщIэтхэм йобгъэрыкIуэ. Генерал Якоби ахэр гъунэгъуу зыбгъэдигъэхьэри, топышэрэ фочышэкIэ къахэуэн щIидзащ. Къэбэрдейхэр къикIуэтын хуей хъуащ. ИтIанэ аргуэру зызэщIакъуэжри, урысыдзэм и сэмэгурабгъу къуапэм теуащ. Ауэ бийр зэрамыгугъауэ нэхъ лъэщу къыщIэкIри, хэщIыныгъэшхуэ яIэу къикIуэтыжын хуей хъуахэщ. Марьинскэм дежи къыщыхагъэщIащ къэбэрдейхэр. Капитан Бес Я. и гупыр быдапIэм къыдэкIри, губгъуэ хуитым деж адыгэ зауэлIхэм щатеуащ. А зэхэуэм адыгэхэм цIыху 97-рэ щафIэкIуэдащ. Ипэ къэхъуа зэхэуищым теухуа хъыбар щитхыжым, генерал Якоби игъэIуащ «къэбэрдейхэр яукIахэмрэ уIэгъэхэмрэ къызэранэкIыу зэрызэтрикъутар, здашэжахэр мини 3-м зэрынэсыр». Урыс унафэщIхэм бийм хэщIыныгъэу иратар ягъэбагъуэ хабзэт. Ауэ къэбэрдей жэщтеуэм адыгэхэр зэрыщыхилъэфар пэжт.
Урыс-кавказ къаугъэхэм, зэрыхабзэу, тыркутелъхьэхэмрэ кърымтелъхьэхэмрэ къигъэбырсеящ. Къэбэрдейм хэпщIыкIыу тыркутелъхьэ гукъыдэжхэр къыщызэщIэхъеящ, псом япэ - цIыхубэм я деж. Тырку щэхурылажьэхэм «къэбэрдейхэмрэ адрей бгырыс лъэпкъхэмрэ къадэIэпыкъуну Аджа Али бек» къежьа хуэдэу зыпхагъэIукIыу щIадзащ.
Екатеринэ ЕтIуанэм Къэбэрдейм щыIэ хъуа щытыкIэр апхуэдизкIэ къыфIэIуэхуати, 1779 гъэм бадзэуэгъуэм унафэ щэху къыдигъэкIащ урысыдзэм Къэбэрдейм сыт хуейми щищIэну хуиту. «Унафэ дощI, - дыкъыщоджэ а дэфтэрым, - къэбэрдейхэр ягъэбэяужын папщIэ дзэ щхьэхуэ къызэгъэпэщын зэрыхуеймкIэ… зэдэIуапхъэр ящIэжын щхьэкIэ». Абы къегъэлъагъуэ къэбэрдейхэм зыкъызэраIэтам сыт хуэдиз гугъуехь Урысейм къыхуимыхьами, абы Къэбэрдейр зыIэщIигъэкIыну игу къызэрымыкIыххар. Къэбэрдейхэми урыс тетыгъуэр зытегушхуэфынур къагурыIуащ.
Пщы-уэркъыдзэр зэрыхэкIуэдар
1779 гъэм жэпуэгъуэм и 10-м «Къетыкъуэ ТIуащIэкIэ» зэджэ щIыпIэм зауэлI 300-м нэс зыхэт къэбэрдей пщы-уэркъыдзэр, езыхэм нэхърэ куэдкIэ нэхъыбэ хъу, генерал-майор Фабрициан Фёдор и унафэм щIэт биидзэм уащхъуэдэмыщхъуэу къыщаухъуреихьащ. Жэщу, зауэлIхэм я зыгъэпсэхугъуэм хуэзэущ ар къызэрыхъуар. Хуэбгъэфащэ хъунущ къэбэр- дейхэм зыщагъэпщкIу щIыпIэмрэ зэманымрэ теухуауэ бийм зыгуэрым бзэгу хуихьауэ. Сокъур Валерэ абы ехьэлIауэ мыр етх: «Езы къэбэрдейхэр жэщтеуэнкIэ Iэзэт, мыбдежым а Iэмалым урысхэм я фейдэ нэхъ хахыфащ».
Генерал Фабрициан пщыхьэщ- хьэм, «егерь батальонитI, мэздэгу щыIэ батальоным щыщ ротитI, къэзакъ мин, къалмыкъ мин» и гъусэу Павловскэ быдапIэм деж зыщызыубгъуа зауэлI хэщIапIэм къыдэкIащ. Жэщыкум Балъкъ къызэпрыкIщ, адыгэхэм яшхэр жыжьэу Iуихури, Къэбэрдей лъэныкъуэмкIэ къэуващ, абыкIэ дэIэпыкъуэгъу къимыкIыфын хуэдэу. Генерал Якоби эскадронищ и гъусэу Балъкъ Iуфэм бгъэдыхьэри, адыгэ зауэлIхэм я кIуапIэр ищхьэмкIи и лъабжьэмкIи къыщызэпиупщIащ, псым и жапIэр къигъэщхьэпэурэ, езыр, лъэсыдзэм я пашэу, ипщэкIэ бжьэпэ лъагэм къытеуващ. А лъагапIэм укъеплъыхыурэ зауэлIхэм тын- шу топкIэ уакъыхэуэфынут.
Генерал Фабрициан зэрыжиIэжымкIэ, зауэр пщэдджыжьым сыхьэтиблым щегъэжьауэ сыхьэт 12 пщIон-дэ екIуэкIащ. СыхьэтитхукIэ екIуэкIа а зауэзэрылIым «къэбэрдейхэм лъэныкъуэ псомкIи мафIэр къащытелъалъэу, егъэлеяуэ гуащIэу зауэхэрт, ауэ затын Iуэху зэрахуакъым, зы къэмынэу я щхьэр халъхьащ». Бутков Пётр щхьэусыгъуэхэр къимыгъэлъагъуэу етх: «Iэщэ зыIыгъ къэрэхьэлъкъыр вёрстихкIэ а щIыпIэм пэмыжыжьэу щытащ, ауэ къадэIэпыкъуакъым». Дэ дызэрегупсысымкIэ, япэрауэ, урысыдзэм абыхэм апхуэ- дэ Iэмал яритынутэкъым. ЕтIуанэу, псори щIэгъэхуэбжьауэ екIуэкIырти, лъэсыдзэр апхуэдэу псынщIэу къэ- сыфынутэкъым зауэ губгъуэм. ИкIэм-икIэжым текIуэныгъэр топхэмрэ фоч нэхъыфIхэмрэ зыIыгъ урысыдзэм Iэрыхьащ. БжыгъэкIэ зэрынэхъыбэм нэмыщI, урысыдзэм а зауэм зэкъуэхуауэ бийм теуэн Iэмалыр къыщигъэщхьэпащ, губгъуэм зыщызыуб- гъуа зауэзэрылIми я кIэн къыщикIащ.
Адыгэхэм Iэщэу яIэщIэлъар нэхъыбэу закъуэрыуэ фоч, джатэ, сэш-хуэ, къамэ, шабзэ хуэдэхэрт. Закъуэрыуэ фочым зэ уэгъуэ фIэкIа къуи-тыркъым, адрейхэм джатэрэ сэш- хуэкIэ узэуэн хуейт. А псом къагъэлъагъуэ урысыдзэр а зауэм куэд дыдэкIэ нэхъ хузэпэщу зэрыщытар.
Зауэр зэриухар
Апхуэдиз хэщIыныгъэ зэраIэм хуэдэу, Къэбэрдейм икIуэтыпэну и мурадтэкъым. Къэжэр Валерэ къызэрилъытэмкIэ, къэбэрдейхэм «иджыри къэс зэрыщытауэ, Урысейм зэрыбгъэдэтыну зэрызагъэхьэзырыр Иван ЕплIанэм (Грознэм) и зэман лъандэрэ зэрыщытам хуэдэут, зэныбжьэгъу зэхущытыкIэм, «феодальнэ зэгурыIуэныгъэ» жыхуаIэм тетут. Къэбэрдейхэм ар щыжаIэм, урыс унафэщI-хэм Къэбэрдеишхуэмрэ Къэбэрдей ЦIыкIумрэ хъунщIакIуэ экспедицэ къаутIыпщащ.
ЩэкIуэгъуэм и 28-м урысыдзэр гупитI хъууэ Къэбэрдейм теуащ. Къэбэрдеишхуэм кIуа дзэм и пашэр генерал Якобит, Джылахъстэнейм - полковник Савельевт. Дзэ гупитIми къэбэрдейхэр псэемыблэжу къапэщIэуващ. МафIэсым хадэхэр, губгъуэхэр, унэхэр хэкIуадэрт. Адыгэхэр икIэм-икIэжым ирагъэкIуэтащ. АфIэкIа бийм къызэрыпэувын къару зэрамыIэж закъуэращ къызыхэкIар пщыи уэркъи яхэту, цIыху мини 3-м нэс зыфIэкIуэда къэбэрдейхэр мамырыгъэм щIэлъэIунымрэ бийм къапиубыда зэгурыIуэныгъэ езыхэр зыхилъафэр къабыл щIынымрэ.
1779 гъэм дыгъэгъазэм и пэщIэдзэм урыс генералхэу Якобирэ Фабрицианрэ я текIуэныгъэм и хъыбар тетыгъуэм лъагъэIэсащ: «Къэбэрдеишхуэмрэ Къэбэрдей ЦIыкIумрэ … унафэм щIэдгъэуващ». Къэбэрдейр апхуэдизкIэ къарууншэ хъуат икIи зэхэкъутати, Кавказ дзэ администра- цэм абы зыкъезыгъэIэтыжын Iэмал щымыIэу къилъытэрт.
Мазибл зауэр
зэриухар
1779 гъэм екIуэкIа зауэм къэбэрдейхэр къызэрыщыхагъэщIам Урысеймрэ Къэбэрдеймрэ я зэхущыты-кIэр къэгъазэ имыIэу ихъуэжащ. Къэбэрдейхэм ирагъэта тхьэрыIуэм ипкъ иткIэ, Кавказ линиер щаухуэм ящIхэр зэрызэрапхъуам теухуауэ яIэ гукъанэ псори IуагъэкIуэту, Балъкъ гъунапкъэу къалъытэу, Къэбэрдейм и ипщэ Iыхьэр зэрыпачамкIэ арэзы хъун хуейхэт. «Къэбэрдеймрэ Урысеймрэ я зэхуаку дэлъ гъунапкъэр Къэбэрдеишхуэм - Балъкъ, Къэбэрдей ЦIыкIум - Тэрч тету ирикIуэу къэлъытапхъэщ. А псыежэххэм я Iуфэ сэмэгухэм Iэщ щызэрахуэнуи мэш щащIэнуи къэбэрдейхэр хуиткъым», - етх абы теухуауэ Бутков Пётр.
ТхьэрыIуэщIэм ипкъ иткIэ, ипэкIэ «бгъэдэтыныгъэ» («подданство») зэхущытыкIэм тета Къэбэрдеймрэ Урысеймрэ зэрызэпыщIа щIыкIэми зихъуэжат. Иджы «бгъэдэтыным» кърагъэкIыр къэбэрдеипщхэм урыс пащтыхьым и лъагагъыр къабыл ящIын зэрыхуей къудейм деж щиу-хыртэкъым, атIэ унафэщI нэхъыщ-хьэм къиубыда щIыналъэм исхэр и IэмыщIэ зэрилъым хуэдэут зэхущытыкIэр къызэралъытэр, абы кърикIуэ псори и гъусэу.
ТхьэрыIуэм ипкъ иткIэ, иджы Къэбэрдейм и щхьэ и унафэ ищIыжу Урысейм, Тыркум, Кърым хъаныгъуэм политикэ IуэхукIэ екIуэлIэну хуимытым и закъуэтэкъым, Кавказ Ищхъэрэм ис адрей лъэпкъхэми запищIэныр къыхуамыдэнт. Къэбэрдеишхуэр хуиттэкъым КъухьэпIэ Кавказым щыщ адыгэхэм запищIэну, Къэбэрдей ЦIыкIум ардыдэр шэшэнхэм ятеухуауэ къыхуадэртэкъым. Кавказ къулыкъущIэхэм унафэ къыхуащIат: «Псом нэхърэ бгырысхэр зэкъуэувэным хуэсакъын, зэрыхъукIэ, абыхэм я зэхуакум къаугъэ къыщыгъэхъеин».
ТхьэрыIуэм пщы-уэркъхэм я уна- фэ щIэт мэкъумэшыщIэхэр я тепщэ-хэм зэрепха быдагъри къигъэлэлащ. Иужьрейхэр щыхуей дыдэм деж къыщхьэщыжакIуэ лъыхъуэу Урысейм кIуэну хуитт. «Къэрэхьэлъкъыр хуитщ я тепщэхэм къабгъэдэкIыу Кавказ линием и кум Iэпхъуэну, хэхыпщIэкIэ е нэгъуэщI IуэхукIэ къыхагъэзыхьмэ, е Урысейм пэщIэувэну къыхураджэмэ», - укъыщоджэ тхьэрыIуэм. Ауэ щыхъукIэ, мэкъумэшыщIэхэр «я тепщэхэр зыгуэркIэ нэгъуэщIыпIэ Iэпхъуэмэ, абыхэм я ужь иту мыIэпхъуэ-ну, емыдэIуэну, урыс къыщхьэщыжыныгъэмрэ унафэмрэ я жьауэ щIэувэ-ну гукъыдэж зэраIэр къагъэнэIуэну» хуит ящIырт. ИужькIэ а унафэм ипкъ иткIэ къэбэрдей адыгэхэр Кавказ линием Iэпхъуэжрей хъуахэщ, пщылIыгъэм IэщIэкIын мурадкIэ. А псом къигъэлъагъуэрт Къэбэрдейм нэхъ лъапIэ дыдэу щызекIуэ пщы-пщылI зэхущытыкIэм и лъабжьэр щIиудыну Урысейр зэрыхуежьар. Ауэ щыхъукIэ, пщылIыпIэ ит мэкъумэшыщIэхэр гъэрхэм хуэдэут езы Урысейм зэрыщагъэупсэур. Пащтыхьыгъуэм гущIэгъу Iуэху зэрихуэххэртэкъым. Абы и политикэр зыхуэунэтIар, езыхэм къапэщIэувэн къару къэмынэжын хуэдэу, Къэбэрдейм щыIэ цIыхубэ зэхэтыкIэр зэтекъутэнырт. А мурад дыдэр и плъапIэт мэкъумэшыщIэхэм чыристан диныр къащтэну хуит зэращIами.
ТхьэрыIуэр къэбэрдеипщхэр зэрыхагъэзыхь Iэмал ткIий хъуат, и мурадри къэбэрдей цIыхубэр зэкъуэудынырт, урысыдзэр къытеуэ хъумэ, зимыхъумэжыфын хуэдэу. «Урысейм ибзыщIын хуейуэ къилъытэжыртэкъым Кавказ Гупэм (Центральное Предкавказье) ис лъэпкъхэм я Iуэху щыхэIэбэкIэ зыIэрагъэхьэну зыхуэпабгъэ дыдэр - «зэфIэгъэнауэ, зыр адрейм пэщIэгъэувэжын», - етх Къэжэр Валерэ.
ТхьэрыIуэм и кIэм къыщыкIуэ унафэм Кавказ линием тес адыгэхэм къахуидэртэкъым дяпэкIэ хуит къамыщIауэ Кавказ линием ихьэну. Билет яIэми, Къэбэрдейм и ипщэ Iыхьэхэм щызекIуэныр абыхэм я дежкIэ шынагъуэншэтэкъым.
Къэжэр Валерэ пэжу гу лъитащ: «Къэбэрдей пщы-уэркъхэм я IуэхущIафэхэр и нэIэ щIигъэува, цIыхубэр политикэрэ я псэукIэкIэ гуп-гуп ирищыкIыу зэныкъуэкъун хуэдэу зэпэщIигъэува, лъэпкъым и кIуэцIкIэ къаугъэ къэгъэхъеипIэхэр къыщызэщIигъэста, зэрыхъукIэ Къэбэрдейр нэгъуэщI хэкухэм зэралъимыгъэIэ-сын Iуэху зэрихуа, и щIым и нэхъыфI-хэр зэщIикъуэу хъупIэ нэхъ пшэрхэр зэрипхъуа нэужь, Урысейм лъэбакъуэ закъуэ ичыжамэ зэфIэкIат Къэбэрдейм урысей унафэр щиукъуэдиипэу военно-административнэ кIэлъыплъыныгъэм щIигъэувэн щхьэкIэ».
Апхуэдэ лъэбакъуэ Урысейм ичын папщIэ, иджыри илъэс 40 дэкIын хуейт. А зэманым къриубыдэу, пащтыхьыгъуэм пэщIэувэн мурадкIэ, XVIII лIэщIыгъуэм Къэбэрдейм Iэджэрэ зыкъыщаIэтащ. Абы и ужь къиуващ 1804 гъэм Глазенап, 1810 гъэм - Булгаковым, 1822 - 1825 гъэхэм Ермоловым ирагъэкIуэкIа зэрыпхъуакIуэ экспедицэхэр. А зэманым хеубыдэ Къэбэрдейм илъэс 20-м нэблэгъэнкIэ щызекIуа шэрихьэт лъэхъэнэри. Ермоловым и закъуэщ зыхузэфIэкIар 1822 гъэм Къэбэрдейр Iэщэм и къарукIэ зыIэщIилъхьэу, зэрыщыту Урысейм и унафэм щIигъэувэныр.
Иджы Iуэхур къэбэрдейхэм я тхьэрыIуэ къудейкIэ зэфIэкIыжынутэкъым. Генерал Якоби ахэр хигъэзыхьащ зауэм къатригъахуэ щIыхуэу (контрибуцэ) сом мини 10, шыуэ мини 2, Iэщышхуэу мини 5, мэлу мини 4,5-рэ ятыну. Апхуэдизу мылъку-былым-кIэ лъэпкъым уетхьэкъуныр хъунщIэным мащIэт къызэрыщхьэщыкIыр.
А псор илъэс 62-м и кIуэцIкIэ Къэ-бэрдейм и щIыналъэмрэ и политикэ щхьэхуэныгъэмрэ лъэкI къимыгъанэу зэрихъумэжам щыщ теплъэгъуэ къудейт. А Iуэхугъуэхэр зэрекIуэкIа дыдэм и щыхьэтхэр, Къэбэрдеишхуэмрэ Къэбэрдей ЦIыкIумрэ импер Iуэху зехьэкIэм ипкъ иткIэ пристэв унафэм зэрыщIагъэува щIыкIэр нэгъэсауэ къыщыбогъуэтыф урыс пащтыхьым и унафэ щIэта генералхэм я тхыгъэхэмрэ къулыкъу дэфтэрхэмрэ. УщрохьэлIэ абыхэм адыгэхэм я IуэрыIуатэми, псалъэм папщIэ: «Къэбэрдей жэщтеуэ», «Пащтыхь зэрыпхъуакIуэ» уэрэдхэм.
Зауэм и
лIыхъужьхэр
Мазибл зауэм и тхыдэр нэгъэса хъунукъым, абы нэхъ жыджэру хэтахэм я цIэр къидмыIуэмэ. Абыхэм ящыщщ пщIэ зиIэу щыта пщыхэу: Мысост Кургъуокъуэ, ХьэтIохъущокъуэ Мысост, Къарэмырзэ Кургъуокъуэ, Хьэмырзэ Беслъэн, Хьэмырзэ КIэщI, Хьэмырзэ Исмэхьил; лIакъуэлIэшхэу Къундетхэ Сэлэтджэрий, Къэрэшей, Къаншокъуэ сымэ, Тамбийхэ Къарэмырзэрэ Къазийрэ.
«Къэбэрдей жэщтеуэ» уэрэдым IупщIу къыхощ хэкIуэда зауэлIхэм я цIэхэр: Къетыкъуэхэ Хьэмырзэрэ Исмэхьилрэ (зэадэзэкъуэт); ХьэтIохъущокъуэхэ ХьэтIохъущыкъуэрэ Мысострэ, Хьэмырзэ Ажджэрий (Хьэмырзэ Исмэхьил и къуэ), Бжьэкъуоукъуэ зэкъуэшиблыр, зи унэцIэ кърамыIуэхэу Муса, Хьэсанш, Долэтыкъуэ, Къазий-цIыкIу сымэ. IуэрыIуатэм къыхэщ зауэлIхэм щыщщ Ахэмынхэ, Елчэпархэ ящыщхэр, н.
… Ахэмынхэ фи дыщэ пхъэвым
лъыр щIож,
Елчэпархэ фи дыгъэ-мазэр
къухьэжщ,
Бжьэкъуоукъуэр зэшибл
фыхъурти фикIуадэщ,
Хьэдиблри гуиблкIэ къашэжщ.
А лIыхъужьхэм щIэблэм и пщIэ мыухыж къудейкъым къалэжьар, къэбэрдей лъэпкъым ягу имыхужын хуэдэу, фэеплъ яхуэфащэщ.
КЪАЛМЫКЪ Жылэбий, тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1924.txt"
} |
Спорт
Тхэквондо
ЛIыхъужьым и фэеплъу
Мэзкуу областым хыхьэ Одинцовэ къалэм щекIуэкIащ тхэквондомкIэ «Битва в Подмосковье» урысейпсо зэхьэхзэхуэ. Ар къызэрагъэпэщащ олимп чемпион, Урысейм и ЛIыхъужь Лазутинэ Ларисэ и фэеплъу. Медалхэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэ 25-м щыщ ныбжьыщIэ 800-м щIигъу.
Зи хьэлъагъыр килограмм 42-м нэблагъэхэм я гупым щекIуэкIа зэпэщIэтыныгъэхэм дыжьын медалыр къыщихьащ ди лъахэгъу Шалгынбаевэ Софие. Ар ягъасэ Хан Станиславрэ Ким Викторрэ.
Шахматхэр
ЕтIуанэу къэралым
щытокIуэ
Урысейм шахматхэмкIэ спортым и мастер Джэдгъэф Чэмал иджы етIуанэу къэралым и чемпион хъуащ.
Зи узыншагъэм сэкъат кIэхэм я урысейпсо зэхьэзэхуэм Джэдгъэфым очкоибгъум щыщу 8,5-рэ щызыIэригъэхьэри, пашэныгъэр иубыдащ.
Атлетикэ хьэлъэ
Зэхьэзэхуэ нэхъыщхьэм кIуэнухэр къыхах
Тырныауз дэт «Геолог» спорткомплексым щызэхэтащ Настуев Хь. и фэеплъу къызэрагъэпэща цIыхухъухэмрэ цIыхубзхэмрэ атлетикэ хьэлъэмкIэ я щIыналъэ чемпионат. Ар ирагъэкIуэкIащ КъБР-м СпортымкIэ и министерствэмрэ Атлетикэ хьэлъэмкIэ и федерацэмрэ. Чемпионатым хэтащ Осетие Ищхъэрэ - Аланием, Дагъыстэным, Шэшэным, Ставрополь крайм къикIа спортсменхэр.
Зи хьэлъагъыр килограмм 73-м нэблагъэхэм я деж пашэныгъэр щиубыдащ Къаскъул Аслъэн. Нэхъ хьэлъэ дыдэхэм, килограмми 109-м щIигъухэм, я зэпэщIэтыныгъэм дыжьын медалыр къыщихьащ Мариев Тимур. Япэ увыпIэр къэзыхьам абы нэхърэ зы килограммкIэ нэхъыбэ къиIэтащ. Иджыри ди республикэм и зы лIыкIуэ ХъуэкIуэн Щамил домбеякъ медалыр зыIэригъэхьащ. ЕтIуанэ увыпIэр зыубыдам къиIэтам хуэдизым ди щIалэри пэлъэщат, арщхьэкIэ и хьэрхуэрэгъум бгъэдыхьэгъуэ нэхъ мащIэщ къигъэсэбэпар.
Спортсменхэр ягъасэ Щауэ М., Шэкэм М., Саракаев Р. сымэ.
Чемпионатым щытекIуахэмрэ къыщыхэжаныкIахэмрэ грамотэхэр, медалхэр, кубокхэр, фэеплъ саугъэтхэр иратащ.
Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и зэхьэзэхуэм бжьыпэр щызыубыдахэм Iэмал къахукъуэкIащ мэкъуауэгъуэм и пэщIэдзэм Ханты-Мансийск щекIуэкIыну Урысейм и чемпионатым хэтыну.
Алыдж-урым бэнэкIэ
Европэм и чемпионыр
кърагъэблэгъэж
«Налшык» аэропортым къыщрагъэблэгъэжащ алыдж-урым бэнэкIэмкIэ Европэм и чемпион хъуа Локьяев Жамболэт. Варшавэ щекIуэкIа спорт бэнэкIэмкIэ зэхьэзэхуэм дыщэ медалыр къыщызыхьамрэ абы и тренерымрэ пежьащ КъБР-м спортымкIэ и министр Хьэсанэ Ислъам.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, зи гугъу тщIы зэпеуэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ Урысейм и командэ къыхэхам медали 7 къыщихьащ, абы щыщу 5-р дыщэу. Ди къэралым и ехъулIэныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ Жамболэт. Зи хьэлъагъыр килограмм 63-м нэблагъэхэм я финал зэпэщIэтыныгъэм Локьяевым щыхигъэщIащ азербайджан бэнакIуэ Мамедов Талех.
Илъэс 26-рэ зи ныбжь ди спортсменыр 2020 гъэм щытекIуащ Белград щекIуэкIа Дунейпсо кубокым и Iыхьэм. Апхуэдэу, Жамболэт къэралым и чемпионатхэмрэ зэхьэзэхуэхэмрэ зыбжанэрэ бжьыпэр щиубыдащ икIи къыщыхэжаныкIащ.
Спортсменыр егъасэ Локьяев Юрий.
Бокс
Медаль
зэмылIэужьыгъуэу блы
Черкесск къалэм и «Юбилейный» спортым и уардэунэм щызэхэтащ боксымкIэ ныбжьыщIэхэм я щIыналъэ зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ зи ныбжьыр илъэс 13 - 14-хэм ит, Кавказ Ищхъэрэм щыщ спортсмени 160-м щIигъу.
КИФЩI-м и зэхьэзэхуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и боксёрхэм медаль зэмылIэужьыгъуэу 7 къыщахьащ. Зыхэта гупхэм дыщэ медалхэр щызыIэрагъэхьащ Iэгъуей Азрэтрэ (кг 66-рэ) Къумыкъу Имранрэ (кг 70). Дыжьыныр къахьащ Щауэжь Тамерланрэ (кг 54-рэ) Анаев Тимуррэ (кг 90). Зэхьэзэхуэм ещанэ увыпIэр щаубыдащ ХьэпцIэ Алан (кг 44-рэ), Кулиев Омар (кг 63-рэ), Шавердинов Аслъэн (кг 80) сымэ.
Спортсменхэр ягъасэ Куэшмэн Аслъэн, КIэрэф Арсен, Баллаев Ильяс, Чочаев Расул сымэ.
Зэхьэзэхуэм щытекIуахэр хэтынущ урысейпсо зэпеуэу накъыгъэм и 22 - 30-хэм Анапэ щекIуэкIынум.
Атлетикэ псынщIэ
Дунейпсо зэпеуэхэм хэтыну хуитыныгъэ кърат
Атлетикэ псынщIэмкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэм хуит ищIащ урысей спортсмениплI я щхьэ хущытыжу дунейпсо зэхьэзэхуэхэм хэтыну. Абыхэм ящыщу япэ зи цIэ къраIуар илъэс 28-рэ зи ныбжь, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ Ласицкене (Кучинэ) Мариещ.
Спортсмен цIэрыIуэм и япэ зэхьэзэхуэр накъыгъэм и 23-м щыIэнущ. Ар хэтынущ «Бриллиантовая лига»-м и Iыхьэу Инджылызым и Гейтсхед къалэм щекIуэкIынум.
Ласицкене къищынэмыщIауэ, дунейпсо утыкум зыкъыщагъэлъэгъуэну хуитыныгъэ къратащ бжы иIыгъыу пкIэнымкIэ дунейпсо чемпион Сидоровэ Анжеликэ, лъагэу дэлъеинымкIэ дунейпсо чемпионатым къыщыхэжаныкIа Иванюк Илья, бжы иIыгъыу дэлъеинымкIэ спортсмен Гатауллинэ Аксанэ.
НобэкIэ, Ласицкене Марие и закъуэщ лъагэу дэлъеинымкIэ щэнейрэ дунейпсо чемпиону щытыр.
Жыласэ Замир.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1925.txt"
} |
Зеикъуэ къуажэм щыщ щIэныгъэхэм я докторхэр
КъБР-р илъэси 100 ирокъу
Физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор Нэхущ Iэдэм
Экономикэ щIэныгъэхэм я доктор Къэрмокъуэ Хьэчим
Физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор Дыкъынэ Хьэсэнбий
Филологие щIэныгъэхэм я доктор ГъукIэлI ФатIимэ
Адэмрэ пхъумрэ я зэфIэкI
Илэжь IуэхуфIхэмкIэ, и дуней тетыкIэмкIэ жылэм къахэщу, фIыуэ ялъагъуу цIыху цIэрыIуэ куэд къахэкIащ Сэбаншыхэ. Мы тхыгъэ кIэщIым сыщытепсэлъыхьыну сыхуейщ лъэпкъым и бын пажэхэм ящыщу Сэбаншы Хъанджэрий, абы и къуэрылъху Хъусен, абы ипхъу Жанеттэ сымэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и инженер-техникэ къудамэм и машиноведение кафедрэм илъэс 28-м нэсауэ и унафэщI, техникэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор Сэбаншы Хъусен зэхэщIыкI куурэ акъыл жанкIэ Тхьэр зыхуэупса щIэныгъэлIщ. Языныкъуэ егъэджакIуэхэм хуэдэу, лекцэхэм къыфIэмыIуэхуу къеджэу къыщIэкIыжхэм ящыщкъым Хъусен. Iуэхур щхьэпэрэ мыщхьэпэрэ къызэрахутэр кIэухымкIэщ. Ар къыгурыIуэу, гууз-лыуз иIэу и IэщIагъэм бгъэдэтщ Хъусен илъэс 53-м нэсауэ.
Хъусен и гукъэкIыжхэм щIыпIэшхуэ щеубыд и адэшхуэ Хъанджэрий. И къуэр дунейм ехыжа нэужь, и къуэрылъхум и гъэсэныгъэр и пщэ дилъхьэжат абы. Тхьэм къыхилъхьауэ Хъанджэрий Iэзагъышхуэ бгъэдэлъу къыщIэкIынт, армыхъумэ зыщIыпIи ще-мыджауэ, зыми имыгъэсауэ дауэ къыгурыIуа къупщхьэ къутам зэреIэзэну IэщIагъэм и щэху псори?
- Зи къупщхьэ къутауэ си адэшхуэм и деж кърашэлIауэ зыдэмыIэпыкъуу зыри IуигъэкIыжыртэкъым, и пщIи къаIихыртэкъым. Уеблэмэ, къупщхьэр ирызэщIишхэу къигъэсэбэп щэкIхэр езым щхьэхуэу зэрихьэрт, ар зыхузэфIэмыкIхэм ярихьэлIэрт. Сэри абы сыдэIэпыкъуурэ, нэхъри балигъыпIэ сыщиувам, си адэшхуэм хуэдэу слъэкIырт къупщхьэ къутар и пIэ изгъэувэжыну, зэщIэсшхэу сымаджэр сутIыпщыжыну. Пэжу жысIэнщи, сэри сигу илъат дохутыру седжэну, ауэ нэгъуэщIщ IэщIагъэ схуэхъуар, - игу къегъэкIыж Хъусен.
ПсэухукIэ и Iэзагъым хигъахъуэу ихьащ Хъанджэрий. Ар зэрыIэзэ Iэмалым нэхъыщхьэу хэлъыр сыт жыпIэмэ, къупщхьэ къутар е щэщар зэхуэпхьэсыжу и пIэ ибгъэувэжа нэужь, зэпыудыпIэр мыхъейуэ, ауэ езы лъакъуэр е Iэр зекIуэу щыгъэтынрат. Зи гугъу тщIы IэщIагъэм мылъку къыхихыну щыгугъыу Хъанджэрий зэи псэуакъым. Ар лэжьакIуэшхуэт, псэуныгъэкIэ, унэ-лъапсэ зехьэнкIэ куэд къылъэщIэмыхьэу.
«Псыпэр зэрыкIуэм псыкIэр ирожэ», - жыхуаIэращи, щIэныгъэм хуэпабгъэ Сэбаншы Жанеттэ Хъусен и пхъум адэр зыщIэхъуэпса дохутыр IэщIагъэр зригъэгъуэтащ. КъБКъУ-р 1996 гъэм фIы дыдэу къиуха нэужь, медицинэ колледжым илъэс зыбжанэкIэ щригъэджащ. Зи щIэныгъэм зэпымыууэ хэзыгъахъуэ цIыхубз гумызагъэм уз зэрыцIалэхэм еIэзэнымкIэ и къэхутэныгъэхэр къыщигъэлъэгъуащ кандидат, доктор диссертацэхэм. Жанеттэ егъэджэныгъэ IэнатIэм жыджэру бгъэдэтщ, «Лечебное дело», «Стоматологие» къудамэхэм я студентхэм фтизиопульмонологиемкIэ щIэныгъэ ярет.
ГъащIэм и гъуэгу пэжым зи щIэблэр тезышэ Сэбаншы Хъусенрэ мылъкуу щыIэм нэхърэ нэхъ лъапIэ узыншагъэм и Iэмалхэм и щэхухэр щIэблэм ябгъэдэзылъхьэ Жанеттэрэ я гъащIэ гъуэгуанэр кIыхь хъуну ди гуапэщ.
ЩОДЖЭН Iэминэ.
ЩIэныгъэр зыгъэнэхъапэ Щауэ Мухьэмэд
Биологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, ООН-м хэт Дунейпсо Академием и академик, КъБКъУ-м и биологие факультетым физиологиемкIэ и кафедрэм и унафэщI Щауэ Мухьэмэд Зеикъуэ къуажэ къыдэкIащ. И щIэныгъэрэ и зэфIэкIрэ химыгъахъуэу, ахэр иримыгъэфIакIуэу ар зы махуи лэжьакъым.
ЩIэныгъэ лэжьыгъэ 300-м щIигъу къыдигъэкIащ Щауэм. Хамэ къэралми Урысейми щекIуэкIа конференц зэмылIэужьыгъуэ куэдым хэтащ, езым апхуэдэ зэхыхьэу тIу Налшык къыщызэригъэпэщри иригъэкIуэкIащ 1986, 1988 гъэхэм.
ЩIэныгъэм куууэ зэрыхэтым нэмыщI, Щауэ Мухьэмэд егъэджэныгъэми и къару куэд хелъхьэ, щIэблэм щIэныгъэ зэрабгъэдилъхьэным яужь иту. Ар я унафэщIу студент 200-м щIигъум диплом лэжьыгъэхэр ящIащ, езым къызэIуиха щIэныгъэ школым кандидату 14, доктору 2 щигъэхьэзыращ.
Гупсысэ куурэ пэжагъ нэскIэ зи псалъэжьхэр гъэнщIа адыгэм пасэм жиIэгъащ: «УзыгъэлъапIэри узыгъэпудри уи IуэхущIафэхэращ». Хэплъхьэни хэбдзыни щымыIэу пэжщ ар, абы къиIуатэ гупсысэр. Урысейм и щIэныгъэлIхэм Мухьэмэд и лэжьыгъэхэм пщIэшхуэ къыхуащIащ. Апхуэдэу, абы къыхуагъэфэщащ «УФ-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр.
ЩIэныгъэм зыгуэр щIэуэ хэплъхьэныр, къэпхутэныр гъуэгу дэгъэзеигъуэм урикIуэным ещхьмэ, Мухьэмэд а гъуэгум ирикIуэ зэпытщ. ЩIэныгъэлI гумызагъэ Щауэ Мухьэмэд иджыри и къару илъыгъуэщ. Дохъуэхъу нобэ хуэдэу жыджэру, узыншэу дяпэкIи илъэс куэдкIэ цIыхухэм яхуэлэжьэну.
Къарэнашэ Топаш.
Хэкупсэ нэст
Химие щIэныгъэхэм я доктор, профессор Шурдым Гъэзалий
ЗэфIэкI зыбгъэдэлъ, гу къабзэ, IуэхуфI зылэжь цIыху пэрыт куэд къытхэкIащ адыгэхэм. Абыхэм ящыщт щIэныгъэлI Iэзэ, къызэтепщIыкIыу акъыл гъэтIылъа зиIэ, Зеикъуэ къуажэм къыдэкIа Шурдым Гъэзалий.
Адыгэ лъэпкъым къыхэкIауэ, «физическая химия» унэтIыныгъэмкIэ «щIэныгъэхэм я доктор» цIэ лъапIэр япэу зратар Шурдым Гъэзалийщ. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр 1957 гъэм къызэрызэIуахрэ абы щекIуэкI щIэныгъэ лэжьыгъэр къэзыIэтахэм, ар ипэкIэ зыгъэкIуэтахэм ящыщт Гъэзалий. Лэжьыгъэм хуэхьэлэл щIэныгъэлIыр куэдрэ студентхэм я гъэсакIуэу, магистратурэм щIэсхэм я щIэныгъэ унафэщIу щытащ. И гуащIэдэкIым къыпэкIуэу Шурдымым къыхуагъэфэщат «Псэ хьэлэл лэжьыгъэм папщIэ» медалыр, «УФ-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ», «КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэхэр зэрихьэрт, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием хэтт. Апхуэдэу Гъэзалий и цIэр иратхащ «Урысей Федерацэм и цIыху нэхъыфIхэр» щIэнгъуазэм, дуней псом щIэныгъэлI нэхъыфIу къыхаха мини 2-ми яхэтащ.
«Сэ илъэситхум ситу, си къуэш нэхъыщIэр сабий IэплIэрысу ди адэр дунейм ехыжащ. Ди анэ Жансурэт и закъуэ дыкъызэфIигъэуващ, зэманыр гугъуми, гугъуехьхэм къапикIуэтакъым ар. ЩIэныгъэм зеттыну мурад щытщIми, къыддиIыгъащ. ЕджапIэ нэхъыщхьэр къэзухри, къуажэ школым сыщылажьэурэ илъэс дэкIауэ, университетым къыбгъэдэкIыу телеграммэ къысIэрыхьащ. Абы къыщызэIуаха кафедрэщIэм и унафэщIу сагъэувыну сраджэу арат. Си анэм и закъуэ къыдэзнэу къалэм згъэзэжыну си гум идэртэкъым, ауэ абдежми си анэм сытригъэгушхуащ къызагъэза дзыхьыр згъэпэжыну», - игу къигъэкIыжырт Гъэзалий.
Iуэху еплъыкIэ гъэщIэгъуэнхэр и лэжьыгъэм и лъабжьэу егъэджэныгъэ-щIэныгъэ IэнатIэм щыхузэфIэкIар мащIэтэкъым Гъэзалий.
«Си гугъэмкIэ, нэхъапэм щIалэгъуалэр щIэныгъэм нэхъ хуэнэхъуеиншэу щытащ. Иужьрей зэманым еджапIэ нэхъыщхьэ къэзыуххэр нэхъыбэ хъуами, гурэ псэкIэ щIэныгъэм къыхыхьэхэм я бжыгъэр куэд хъуркъым. Иджырей гъащIэм щIэныгъэншэу ухэтыфыну щыткъым. УкъызыхэкIа лъэпкъым сэбэпынагъ къыхуэпхьу упсэумэ, аращ тэмэмыр. КъищынэмыщIауэ, цIыхур сыт и лъэныкъуэкIи къабзэу, пэжагъ ин хэлъу щытын хуейщ. Ар къызэхъулIахэм сащыщу къызолъытэ. А псом къадэкIуэу, укъызыхэкIа лъэпкъыр фIыуэ плъагъуу, ар ипэкIэ кIуэтэным уи лэжьыгъэри щIэныгъэри хуэунэтIауэ упсэуныр нэхъыщхьэщ. Лъэпкъым хуэпщIэращ мыхьэнэ зиIэр, - жиIэрт щIэныгъэлI Iэзэ, егъэджакIуэ хьэлэмэт Шурдым Гъэзалий.
Щоджэн Iэминэ.
ЗыгъэпсэхукIэ зымыщIэ
Щауэ Iэбубэчыр Зеикъуэ къуажэ къыщалъхуащ, химие щIэныгъэхэм я докторщ, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием хэтщ, профессорщ. Ар КъБКъУ-м и химие къудамэм щекIуэкI щIэ-ныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэм зегъэужьыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа, зэфIэкI лъагэ, щIэныгъэ куу зыбгъэдэлъ IэщIагъэлIщ. Курыт еджапIэм фIыуэ щеджэ щIалэм химие унэтIыныгъэр къыхихынымкIэ сэбэп къыхуэхъуахэм ящыщщ школым а предметыр щезыгъэджа Ует Аслъэнбийрэ и къуажэгъу нэхъыжьыфI, щIэныгъэлI Къуэдзокъуэ Хьэмидбийрэ.
Къуажэ школым 1972 гъэм къыщIэкIа нэужь КъБКъУ-м и химие къудамэм щIотIысхьэ Щауэр. Ар 1977 гъэм къеухри, «Севкавэлектроприбор» заводым илъэскIэ щылэжьауэ, университетым и щIэныгъэ-къэхутакIуэ къудамэм и щIэныгъэрылажьэ нэхъыщхьэу къащтэ. И кандидат лэжьыгъэр зы илъэс нэхъ дэмыкIыу щыпхегъэкI Москва дэт химие технологиехэмкIэ институтым. Егъэджэныгъэми къэхутэныгъэ лэжьыгъэми фIыуэ ехъулIэ щIалэм «Химия высокомолекулярных соединений» зыфIища и доктор диссертацэри КъБКъУ-м щыпхегъэкIри, 2000 гъэм химие щIэныгъэхэм я доктор, иужькIэ профессор цIэ лъапIэхэр фIащ. 2002 гъэ лъандэрэ КъБКъУ-м и Диссертацэ советым хэтщ.
- ЩIэблэр егъэджэнымкIи, щIэныгъэм зэрыбгъэдэтымкIи, и дуней тетыкIэкIи, дэбгъуэн щымыIэу, нэгъэсауэ адыгэлIщ, цIыху псэ къабзэщ, ныбжьэгъу пэжщ. ЦIыхум и хьэл-щэным мыхъумыщIагъэ гуэр хэлъмэ, зы зэман къызэпхыIукIынущ. Iэбубэчыр зэрысцIыху зэман кIыхьым зытетым темыкIыу апхуэдэщ. Хьэрэмагъ, гъэпцIагъэ зигу къэмыкIщ, - жеIэ щIэныгъэлI, Iэбубэчыр зэман куэд хъуауэ и ныбжьэгъу Хъурей Арсен.
И къарурэ зэфIэкIрэ емыблэжу илъэс куэд лъандэрэ егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ, щIэныгъэ-къэхутэныгъэ IэнатIэхэр езыхьэкI Щауэр мызэ-мытIэу ягъэпэжащ дамыгъэ лъапIэхэмкIэ, щытхъу, фIыщIэ тхылъхэмкIэ.
- Си хьэлым зыдэзгъуэу зыгуэр схэлъщ - зыгъэпсэхукIэ сщIэркъым, - жеIэ Iэбубэчыр.
Насыпыр зыхилъагъуэр сэбэпынагъ зыпылъ IэнатIэм и къару емыблэжу пэрытынырщ.
Къарэнашэ Мадинэ.
Куэдым хунэс Унэж Кашиф
Философие щIэныгъэхэм я доктор, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и профессор, ЩIДАА-м и академик, КъБР-м ис лъэпкъхэм я тхыдэмрэ этнографиемкIэ кафедрэм и унафэщIу щыта Унэж Кашиф Хьэждаут и къуэр къыщацIыхур ди республикэм, Кавказ Ищхъэрэм я закъуэкъым, атIэ Урысей псом и цIэр фIыкIэ щыIуащ. Абы и Iэдакъэ къыщIэкIащ щIэныгъэ лэжьыгъэу 200-м щIигъу, еджапIэ нэхъыщхьэхэм зэрыщрагъаджэ тхылъищ, класс нэхъыжьхэм щIэсхэм папщIэ зы тхылъ, монографиехэр хэту.
Кашиф егъэджэныгъэм, щIэныгъэм щыхиша лъагъуэр кIыхьщ икIи бгъуфIэщ. Тхыдэм щыщу къигъэлъэгъуэж Iуэхугъуэхэр, философие лъабжьэ зиIэ лэжьыгъэхэр, и IэнатIэм гурэ псэкIэ зэрыпэрытыр сэбэпышхуэ яхуохъу студентхэм, аспирантхэм, докторантхэм, цIыхубэм.
Кавказ Ищхъэрэм и щIэныгъэлI пашэхэм ящыщ Унэж Кашиф Зеикъуэ адыгэ жылэжьым къыщалъхуащ, еджапIэр къиуха нэужь, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щIэтIысхьэри, тхыдэ-филологие факультетым щеджащ. ЩIэныгъэм хуэнэхъуеиншэ щIалэр хуейтэкъым зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэмкIэ къэувыIэну. Абы ипкъ иткIэ, Москва къэрал университетым и аспирантурэм щIэтIысхьэри, кандидат лэжьыгъэри абы щыпхигъэкIащ.
Кашиф лэжьэн щыщIидзащ Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и щIэныгъэ институтым. ИужькIэ КъБКъУ-м Бэрбэч ХьэтIутIэ къыщызэIуихауэ щыта, КъБР-м ис лъэпкъхэм я тхыдэмрэ этнографиемкIэ кафедрэм щылэжьащ, 1995 - 2015 гъэхэм а кафедрэм и унафэщIт.
И щIалэгъуэм дихьэхыу зыпэрыхьа IэнатIэм Iуэху хъарзынэхэр щызригъэхъулIащ Унэжым, абы къыдэкIуэуи щIэныгъэ лэжьыгъэ купщIафIэхэр, тхылъхэр и Iэдакъэ къыщIэкIащ, зэпымыууэ студентхэм ядолажьэ. А къалэнитIыр зэдэпхьыну гугъу пэтми, ахэр зэпэщIэпх мыхъуну къызэрилъытэм къыхэкIыу, щIэныгъэлIым и пщэрылъхэр гъэзэщIэныр къехьэлъэкIыркъым.
- Студентхэм уащыхэтым деж, къару нэрымылъагъу гуэрым узэщIеIэтэ икIи щIэ гуэрхэр къэхутэныр Iэмал имыIэу къыпхуегъэув, - жеIэ профессорым. - Тхыдэм хэт сыт хуэдэ къэхъукъащIэри пэжу, IупщIу, зэпкърыхауэ ныбжьыщIэхэм я пащхьэ иплъхьэн хуейщ. Абы папщIэ еш умыщIэу, зэпымыууэ улэжьэныр Iэмал зимыIэщ. А Iуэхум узэрыпэлъэщын къару къыпхалъхьэ езы студентхэми, нэгъуэщIу жыпIэмэ, абыхэм ептым хуэдиз дыдэ къуатыж.
Ауэ щыхъукIи, Кашиф арэзы хъуркъым студентым тхылъым къриха жэуап гъущэмкIэ. Ар нэхъ куууэ гупсысэу, зэджам и лъабжьэр къыщежьэр зри-гъэщIэну и нэр къыхуикIыу ирегъасэ, зэпкърих Iуэхум и лъабжьэр къиулъэпхъэщурэ езыр-езыру иджыныр нэхъ фIэкъабылщ.
Унэжыр жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэщ. Ар 90 гъэхэм Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэу щытащ, ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым илъэсищкIэ хэтащ (2012 - 2015 гъгъ.).
Къыхэгъэщыпхъэщ Унэжым гугъуехьхэр къызэринэкIынымкIэ, насыпыфIэу псэунымкIэ и унагъуэр и щIэгъэкъуэну къызэрекIуэкIар. И щхьэгъусэ Маритэ КъБКъУ-м щолажьэ, хъыджэбзитI яIэщи, тIуми щIэныгъэ нэхъыщхьэ тIурытI яIэщ. Мадинэ юристу мэлажьэ, Оксанэ экономистщ, ахэр унагъуэ хъужащ.
Кашиф зэрыщIэныгъэлIым, зэрыегъэджакIуэм, зэрыпрофессорым къыдэкIуэу икIи дадэ гумащIэщ. Абы и пхъурылъхухэрщ иджыпсту и дунейр зыгъэщIэращIэр, и гъащIэр зыгъэIэфIыр.
НэщIэпыджэ Замирэ.
Тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор Бгъэжьнокъуэ Барэсбий
Физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор Къэрмокъуэ Ахьмэд
Мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор Унэж Хьэсэн
Экономикэ щIэныгъэхэм я доктор Щоджэн БетIал
Экономикэ щIэныгъэхэм я доктор Къарэнашэ Анзор
Психологие щIэныгъэхэм я доктор Бгъэжьнокъуэ Иринэ
Экономикэ щIэныгъэхэм я доктор Дыкъынэ Анзор
Медицинэм и доктор Дыкъынэ Залым
Медицинэм и доктор, профессор Шурдым Гюнсел (Тырку)
Химие щIэныгъэхэм я доктор Шурдым Барэсбий
Физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор Нэхущ Викторие
Философие щIэныгъэхэм я доктор Къумыкъу Iэуес
Экономикэм и доктор ГъукIэлI Сакинэ (Германие)
Физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор Ашэбокъуэ Борис
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1926.txt"
} |
Бзэкъутэ-бзэщIыж
ПсынщIэрыпсалъэхэр
ХьэIупэ ДжэбрэIил.
Е семышу сезэша?
Е сешауэ сызэша?
* * *
Бзур бзэрабзэм -
Бзейр мэубзэ!
* * *
Къулыкъушхуэ, къуэшхуэ!
Къуэшхуэ, шырыкъушхуэ!
* * *
Къепсыр къепсу
Къепсыхыжри -
Къепсыр къепсри,
Бзэхыжащ.
* * *
Псыпэ, псыбэ, бырыбищ,
Щыбырыбыр пIырыпIищщ.
* * *
Мыщэ мащэ,
МыщIэ мащIэ.
* * *
Дызэдарэу дызэдауэм -
Дауэм дауэ дедэуэн?
* * *
Уэдыдыд! Ди дадэ дыдыр
Дэдубыдым быдэу едыр.
* * *
Жьыхур
ЩIэхуу
Щехур
Щихум
* * *
Щэращым мыщарэ -
Щыращэм щыуарэ.
* * *
Бадзэ набдзэ,
Бдзанэ ябзэ,
Бзэнур бзауэ -
Бзу бзэрабзэ.
* * *
Сылъэу силъэн?
Силъу сеплъын?
* * *
Псынэ псыпэ,
Псей нэпсей.
* * *
Зджызджу абджыр
Щоджэр бэджыр.
* * *
ПлIаплъэу плъэрэ -
ПлIэрэ плъарэ.
* * *
Бабыщ щыбэ щIыпIэм -
ПIыщIэу щыпэ щыбэт.
* * *
Дзыдзэм и дзэр
Удзым хэдзи -
Гуэдз и хьэдзэ
Хуэдзи гуэдзэ.
* * *
Шынэу пшынарэ,
Пшынэу шынарэ.
* * *
ЦIывыр вурэ
Выр цIывауэ,
Вэныр вауэ
ПцIы къэзыврэ.
* * *
Мейм мищэ щыпыщэщым -
Мыщэ щыпэри пэщащэрт.
* * *
Хужьрэ хужьу
Ужьэр жьыуэ
Жьым ижьауэ
Жьауэм щIэст.
* * *
Нэрынэ, нэрынэ,
Нэрынэ бащэ,
Бабыщ паринэ,
Щыпэм - щыпапщэ.
* * *
Хурсэ-хурсэу ху санэ,
Санэху за, кхъузанэ.
* * *
Чын чей къачэ,
Чачэу чыцI,
ЦIынэ-цIычу
Чыцэу кIарц.
* * *
IутIанэр IуэнтIарэ,
Iуданэм Iуидарэ.
* * *
Хуэшопс-шопсу зэпхыша
Шыпсыранэм шыпс хэпшха?
* * *
Хьэзырэ хьэзырри -
Хьэзырыр кIэрызу,
КIэрэзу хъарбызыр
Базинэ хуибзащ.
* * *
УэцIыцIыцI, цIэмпIырэр Цу
ЦIурэ фIыцIэу егъэцIу.
* * *
Пшэплъым уеплъым
Плъагъуу шкIэплъу,
Уеплъым гъуаплъэм
Уи лъыр къэплъу.
* * *
Еджащэ Iущащэ,
Щэджащэ чэнджащэ!
* * *
ХъумпIырэ, хъумпIырэ
КIэрахъуэ нэпцI,
ЦIыву цIампIырэ
Хъуахъуи упэмцI.
* * *
Ди щакIуэхьэм къыщикIухьым -
ЩIэрыкIуэхьыр щIэкIуэрыхьт.
* * *
Пхъэрыр пхъэру
Пхъэри пхъэуэ
Пхъуэуэ пхъыри
Зыпхъуэтарэ.
* * *
Къургъакъ, къурш къуагъ,
Къуэш егъу, гъэр къуаргъ.
* * *
ТIатIий тIатIэ,
ТIэтIа тIатIий.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1927.txt"
} |
ДУНЕЙМ ЩЫХЪЫБАРХЭР
Нобэ
♦Пионерием и махуэщ. 1922 гъэм СССР-м пионер зэгухьэныгъэр къыщызэрагъэпэщащ
♦Тэтэрстан Республикэм и Печатым и махуэщ
♦Тыркум щагъэлъапIэ щIалэгъуалэмрэ спортымрэ я махуэр
♦Къыргъызым щагъэлъапIэ Анэм и махуэр.
♦1649 гъэм Инджылызыр Республикэ хъуащ.
♦1712 гъэм Пётр Езанэм и унафэкIэ Урысейм и къалащхьэу Москва и пIэкIэ Санкт-Петербург ягъэуващ.
♦1728 гъэм Пётр ЕтIуанэм унафэ къыдигъэкIащ Урысейм и къалащхьэр Санкт-Петербург къихыжауэ Москва къэхьыжыным теухуауэ.
♦1802 гъэм Франджым и пащтыхь Наполеон и жэрдэмкIэ къэралым и дамыгъэ нэхъ лъапIэ дыдэр - ПщIэ лъагэ зиIэ легионым и орденыр - къащтащ. Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм къигъэлъэгъуа зэфIэкI къызэрымыкIуэм папщIэ ар къыхуагъэфэщат ди лъэпкъэгъу бзылъхугъэ хахуэ Хьэгъундокъуэ Елмэсхъан.
♦1906 гъэм къыдэкIащ «Урысей империем и къэрал закон нэхъыщхьэхэр».
♦1922 гъэм СССР-м пионер зэгухьэныгъэр къыщызэрагъэпэщащ. Комсомолым и урысейпсо конференцым а махуэм къыщащтауэ щытащ «Пионер отрядхэр дэнэ щIыпIи къыщызэгъэпэщыным теухуауэ» унафэр.
♦1943 гъэм СССР-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и къэрал комитетым Бахъсэн ГЭС-р зэфIэгъэувэжыным теухуа унафэ къищтащ.
♦1985 гъэм Налшык къыщызэIуахащ Сабий творчествэм и унэр.
♦1989 гъэм накъыгъэм и 19 - 21-хэм къэралым щыяпэу Москва щекIуэкIащ «СССР-м щынэхъ дахэ пщащэ-89» зэпеуэр.
♦1991 гъэм Налшык къыщызэIуахащ Къэбэрдей лъэпкъым и япэ Конгрессыр. Абы и япэ президенту хахащ Къалмыкъ Юрий Хьэмзэт и къуэр.
♦1881 гъэм къалъхуащ Тырку Республикэм и япэ президенту щыта Ататюрк Кемаль.
♦1890 гъэм къалъхуащ Вьетнамым и унафэщIу илъэс 18-кIэ щыта Хо Ши Мин.
♦1932 гъэм къалъхуащ совет актрисэ, РСФСР-м и цIыхубэ артисткэ Булгаковэ Майе.
♦1946 гъэм къалъхуащ Италием щыщ актёр, кинорежиссёр цIэрыIуэ Плачидэ Микеле.
♦1952 гъэм къалъхуащ КъБКъУ-р къэзыуха, Хьэрып къэралхэм я лигэм и секретарь нэхъыщхьэм и чэнджэщэгъу, Иорданием щэнхабзэмкIэ и министру щыта Нэгуэр Нанси.
♦1956 гъэм къалъхуащ къэрал къулыкъущIэ, Санкт-Петербург къалэм и губернатор Беглов Александр.
♦1958 гъэм къалъхуащ адыгэ бзэщIэныгъэлI, профессор, ЩIДАА-м и член-корреспондент, КъШР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Иуан Зэуал.
♦1966 гъэм къалъхуащ «Спартак-Налшык» топджэгу гупым и тренер нэхъыщхьэу щыта, КъБР-м физкультурэмрэ спортымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Биджий Хьэсэнбий и ныбжьыр илъэс 55-рэ ирокъу.
♦1977 гъэм къалъхуащ Уругвайм щыщ актрисэ, уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Орейрэ Наталье.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 20 - 22-рэ, жэщым градус 11 - 13 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Ауан ящI ауаныщI кIуащ.
Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1928.txt"
} |
Инджылызхэм зэрахуэр сыт?
Лондон къыщыдэкI «Таймс» газетым и корреспондент Лонгворт Джон 1837 гъэм Шэрджэсым къакIуэри, адыгэхэм зы илъэсым щIигъукIэ яхэсащ, зауэ гуащIэм хэт бгырысхэм я хъыбар дуней псом щигъэIуащ - абы и гукъэкIыжхэр тхылъ щхьэхуэм щызэхуэхьэсауэ инджылызыбзэкIи урысыбзэкIи зыбжанэрэ къыдэкIащ. Щыгъуазэ фыдощI Лонгворт и гукъэкIыжхэм щыщ пычыгъуэхэм.
Хасэр зыублар Мансур-бейщ. Дакъызэрыхыхьам щхьэкIэ фIыщIэ къытхуищIа нэужь, ар Даут-бей (мистер Уркхарт) и узыншагъэмрэ и Iуэху зытетымрэ щIэупщIащ, итIанэ ди дежкIэ зыкъригъэзэкIащ: «Шэрджэсыр урысхэм зыхадза зауэм къыхыхьэнкIэ, шэрджэсхэм къащхьэщыжынкIэ хъуну Инджылызыр?» Сэ жысIащ дэ Инджылыз къэралым дызэримылIыкIуэр, ауэ, дэ къызэрытфIэщIымкIэ, Инджылызыр Шэрджэсым къыдэщIынущ, уеблэмэ ар зыми IэщIэмылъ, зи щхьэ хуит къэралу къилъытэнкIи мэхъу.
Си жэуапыр тхьэмадэхэм ягу ирихьауэ къысщыхъуащ. Шынагъуэр къащхьэщыхьакIэт шэрджэсхэм - ар езыхэми зыхащIэрт, щIэгузавэр къадэIэпыкъун зэрамыIэрт. Абы къыхэкIкIэ, си псалъэр дыкъуакъуэ сщIакъым - къазэрыгурыIуэнкIэ жысIащ. Абыхэм зэралъытэмкIэ, дэ гузэвэгъуэр ящхьэщытхыфынут. «Даут-бей къызэрыкIуэ лъандэрэ Инджылызым дыщогугъ, - пищащ Мансур и псалъэр. - Илъэсищ дэкIащ абы лъандэрэ, зауэмрэ лъымрэ дыхэкIыркъым. Даут-бей дыщыгугъат, аращ илъэсищ хъуауэ дыщIыпэплъэр. Шэрджэс тхьэмадэхэм ди Iэр щIэддзауэ тхылъ здихьащ Даут-бей, ар инджылыз пащтыхьым и IэмыщIэ ирилъхьамэ, абы щхьэ зиIэжьэрэ иджыри къэс? Инджылыз пащтыхьым щымыгугъ зы цIыхуи искъым Шэрджэсым - жьыи щIэи. Даут-бей и нэгу щIэкIащ ар. Ди щхьэр идолъхьэ инджылыз пащтыхьым и IэмыщIэ - къыддэIэпыкъу закъуэмэ. Пэжыр къыджеIэ иджы: сытым дыщыгугъ хъуну? Нобэ жытIэркъым дэ - нобэ къытлъэмыIэскIэ гузэрыдзэ тщIынукъым. Ди жагъуэ хъунур дыкъэвгъэгугъэрэ утыкум дыкъинэжмэщ».
НэхъыфIым щызгъэгугъын фIэкIа, сыт хуэдэ жэуап схуетынут сэ шэрджэсхэм? Сэ къыслъысрати, яжесIар мыращ: псори зэлъытар езы шэрджэсхэращ, нэгъуэщIым щыгугъын щхьэкIэ, езыхэр зэкъуэувэн хуейщ япэ щIыкIэ. Узэкъуэмыувэмэ, нэгъуэщIым и фIэщ ухъунукъым. Сэ сыкъыщIэкIуар аращи, сывдэзэуэнщ, схузэфIэкIыр фхуэсщIэнщ. Зи хуитыныгъэм щIэзэухэм я пщIэр ялъытэ инджылызхэм, хуей щыхъум деж ахэри къывдэзэуэнущ, я псэм еблэнукъым. Iэщэр вгъэтIылъ хъунукъым иджыпсту, зэрыпхъуакIуэхэм фазэремыкIужынур ялъагъумэ, инджылызхэри къыфкъуэувэнущ - заIэжьэнукъым…
Шэрджэсхэр зыпэплъэр арат - дэIэпыкъуэгъу хъунумэ, зремыгъэгувэ.
Мансур тхьэмадэхэм яхэпсэлъыхьащ; ахэр нэхъ нэщхъыфIэ къызэрыхъуамкIэ къэтщIащ ди жэуапхэр ягу зэрырихьар. Мансур и пIэр иубыдыжри, жиIащ: «Ди хьэщIэхэр дгъэзауэ ди хабзэкъым дэ, ди хабзэр ахэр тхъумэн хуейуэ аращ. ИлъэсипщIым щIигъуащ урысхэм зауэм дызэрыхадзэрэ, хуей хъумэ, иджыри илъэсипщIкIэ дызэуэнущ, Инджылызыр гъусэ къытхурехъу закъуэ. Зауэм ди лIыфI куэд хэкIуэдащ, абыхэм я пIэ иувэн ди мащIэкъым дэ. Ди мащIэр гынрэ бдзапцIэрэщ - ар къытIэщIэухащи, ди фочхэр зыми и пэрмэныжкъым. Сэшхуэрэ къамэрэ диIэщ. Сэшхуэрэ къамэрэ диIэху, урысхэм я IэмыщIэ зитлъ-хьэнукъым».
БдзапцIэ тоннитI-щы зэрестыр яжесIащ шэрджэсхэм - ахэр абы зэрыщыгуфIыкIам щIэ щIэткъым…
Ди хьэщIэщым декIуэлIэжауэ, пщыхьэщхьэм хеящIэр, Хьэжы-Уэлий, къыткIэлъыкIуащ. Сэфар-бей къахуитхам щыгъуазэ хъуати, нэжэгужэт ар, къыщIыткIэлъыкIуар дэри дигъэгуфIэн щхьэкIэт. «Нобэ щыщIэдзауэ, - къыджиIащ хеящIэм, - фэ дыфхуэдэщ дэри: инджылыз пащтыхьым дрицIыхущ, абы и IэмыщIэ дилъщ, унафэ къытхурещI закъуэ - псалъэ къыхэдгъэкIынукъым, и унафэр дгъэзэщIэнущ». ХеящIэм дыщигъэгъуэзащ Занокъуэ Сэфар-бей шэрджэс тхьэмадэхэм къахуитхам. Адрианополь дэс инджылыз консулым и пщэ дилъхьэри, Британием и лIыкIуэм шэрджэс тхьэмадэхэм къахуригъэтхащ: урыс дзэпщым деж цIыху ягъэкIуэн хуейщ, абы епсэлъэн щхьэкIэ; дзэпщым жэуап къыпахыху, Псыжь адрыщI зэуакIуэ кIуэ хъунукъым; урысыдзэр Шэрджэсым иришыжын, Шэрджэсым къращIыхьа быдапIэхэри якъутэжын хуейуэ дзэпщым преубыд. ЛIыкIуэхэр дзэпщым деж щэнейрэ ягъэкIуэн хуейщ, паубыдыр къахуимыщIэмэ, абыкIэ хъыбар ирагъэщIэн хуейщ Истамбыл дэс инджылыз лIыкIуэм.
Арат Сэфар-бей шэрджэс тхьэмадэхэм къахуитхар. Абы дыщыгуфIыкIащ дэ. Ар къадэхъуатэмэ, Инджылызымрэ Шэрджэсымрэ зэувэлIауэ жыпIэ хъунут. Инджылызым, икIэм-икIэжым, яхуэфащэ гулъытэ къахуищIащ шэрджэсхэм, и щхьэм ирилъытащ, я Iуэхум къыхэIэбащ - арат дэ дыщIэгуфIар. ДымыщIэр абы кърикIуэнкIэ хъунурат.
Шэрджэс лIыкIуэхэр, урыс генералым деж кIуэн и пэ, ди хьэщIэщым къихьащ, тхылъым щIывгъунуIа, жари. Тхьэмадэхэм ятхам щIыдгъужынIауэ къыттехуэртэкъым дэ.
ЛIыкIуэхэр ХьэфIыцIей (Геленджик) кIуащ - арат генерал плъыжьыр зыдэсыр (зэрыщхьэцыгъуэм щхьэкIэ Вельяминовым арат шэрджэсхэр зэреджэр). Генералыр къащыгуфIыкIауэ жаIащ абыхэм, зытекIухьам щыгъуазэ ящIа нэужь, ауан къищIащ армыхъу, уеблэмэ къащыдыхьэшхащ. «Фи инджылыз хьэщIэхэр, - къажриIащ Вельяминовым, - хьэгъапхъэщ, фагъэжакъуэ фIэкIа, къыфхуащIэфын щыIэкъым, яхуэфащэри зыщ: е фыукIын е фи хэкум ифхужын. Шэрджэсхэм я гугъу пщIымэ, зы хэкIыпIэщ абыхэм яIэр - императорым и IэмыщIэ зралъхьэн». «Абы демыувалIэмэ, сыт къыдэфщIэнур?» - щIэупщIащ лIыкIуэхэр. «Узижэгъуэнщ! - къажриIащ. - ФэтщIэнум фыщIэупщIэмэ, си тырку тэрмэшым и пщэ дэслъхьэнщи, езгъэтхынщ. Ар ныфIэрыхьэмэ, щыгъуазэ зыфщI. Тхылъым феджи, жэуап къысIэрывгъэхьэж - махуитI пIалъэщ фэстынур».
Вельяминовым шэрджэсхэм къахуитха тхылъыр мистер Беллрэ сэрэ тлъэгъуащ. Абы Европэр щыгъуазэ хъун и гугъагъэнкъым Вельяминовым - генералыр зэрыахьмакъри зэрыбзаджэнаджэри кърипщIэнущ абы шэрджэсхэм къахуитха тхылъым. Сэ згъэщIэгъуар аращ - апхуэдэ генералт бгырысхэр Урысейм и IэмыщIэ изылъхьэнур: нэхъ губзыгъэIуэ игъуэтагъэнкъым императорым.
Генерал Вельяминовым шэрджэсхэм 1837 гъэм накъыгъэ мазэм и 28-м къахуитхам щыгъуазэ фыдощI: «ТенджызитIым я тIуащIэм щытепщэр фэракъым. Тырку пащтыхьым и унафэм фобакъуэри, урысхэм я щIыналъэр фохъунщIэ. Мамырыгъэ фыхуеймэ, фхъунщIауэ хъуар къыдэфтыжынщ, фи деж нэкIуэсахэмрэ гъэр фщIахэмрэ ди IэмыщIэ къифлъхьэжынщи, Урысейм тхьэмадэ къыфхуищI фипщхэм ящыщ зым и унафэм фыщIэувэнщ. Фи деж къакIуэ инджылызхэр къанэ щымыIэу щхьэхуещэщ, фыкъагъапцIэ, фагъэщхьэрыуэ; ахэр зэщэр фи хэкур зэрызыIэщIалъхьэнщ. Инджылызым и унафэм фыщIэувэ нэхърэ Урысейм и IэмыщIэ зифлъхьэмэ, фэркIэ нэхъыфIщ. Инджылызым, Франджым, нэгъуэщI европей къэралхэм запыфщIауэ фахуотхэ, ар щывгъэтрэ ди императорым и IэмыщIэ зифлъхьэмэ, итIанэщ зауэм кIэ щигъуэтынур. Сыт фызыщыгугъыр? Уафэр къеухмэ, ар мыжурэкIэ зэтриIыгъэфынущ Урысейм - ар фщIэркъэ фэ? Инджылызхэр IэпщIэлъапщIэ хъунщ, ауэ къару зыбгъэдэлъыр Урысейращ. Зауэ къращIылIэ щхьэкIэ, абы зыри къыпэлъэщакъым игъащIэм. Фи лIыкIуэр Истамбыл дихун хузэфIэкIащ Урысейм, а зым къыщхьэщыжыфакъым Инджылызыр, атIэ дауэ абы фи лъэпкъыр къызэрихъумэфынур? Инджылызым Iуэхум хэлIыфIыхьын мурад иIэмэ, абы къыщыщIидзэн хуейр Лондон дэс ди лIыкIуэм дежщ. Фи инджылызхэм я щхьэ Iуэхущ зэрахуэр. Урысейм нэхъ лъэщ дунейм къэрал теткъым. Мамыру фыпсэуну фыхуеймэ, зыгурывгъаIуэ: дунейм щытепщэр Тхьэмрэ ди императорымрэщ: - Тхьэр - уафэм, ди императорыр - щIылъэм! Зауэ фыхуэмеймэ, тфIэвдыгъуауэ хъуар къыдэфтыжынщи, ди императорым и унафэм фыфIэкIынкъым. Гъэр фщIахэмрэ фи деж нэкIуэсахэмрэ къыдэфтыжа нэужь, тет ныфхуэдгъэкIуэнущи, абы къыфхуищI фи унафэщ. ДяпэкIэ, урысхэр фи деж ныщыкIуэкIэ, ахэр евгъэблэгъэн хуейщ, ерыскъыи нэгъуэщIи щывгъэщIэнкъым. Урыс хьэщIэхэм фи тхьэмадэхэм хуэфщI пщIэм хуэдэ къахуэфщIынщ… Дызыхуейм дыкIуэкIэ фыкъытпэрыуэ хъунукъым, дызыхуей щIыпIэм быдапIэ щыдухуэнуи хуит дыфщIынщ, абы щхьэкIэ дызыхуейм хуэдиз цIыхуи пхъэкIэбжьэкIи къыдэфтынщ.
ФыкъыдэмыдаIуэмэ, фи хэкур къыфтетхынурэ фи унафэри тщIынущ. Абы къыхэкIкIэ, си псалъэм фыкъеувалIэ. Дэ вжетIэр фи фIэщ фщIын хуейщ фэ, итIанэщ гущIэгъу щыфхуэтщIынур, арыншамэ, фи псыхъуэхэм мафIэ лыгъэр къыщылыдынущ, фи къуршхэр зэтедгъэщэхэнущ! Ди IэмыщIэ зыкъифлъхьэмэщ фи щхьэр хъума щыхъунур. Армыракъэ - фи мылъкур псори, уеблэмэ фи Iэщэ-фащэри дэкIуэу, къыфтетхынурэ, гъэр фытщIынущ. Вельяминов».
Абы и жэуапыр дэ дагъэтхын я гугъащ шэрджэсхэм, ди псалъэр нэхъ ткIыбжь хъун къафIэщIырти. Сытми, зэчэнджэщыжа нэужь, жэуапыр хеящIэм ирагъэтхащ:
«Къытхуэптхар къыдгурыIуащ. Уэ уурыс генералщ, дэ Тхьэм и шыкуркIэ, дымуслъымэн къабзэщ. ПцIымрэ щхьэхуещагъэмрэ дыпэIэщIэщ - аращ ди бегъымбарым дызыхуриджэр. ИлъэсипщI хъуауэ дызозауэ икIи дуней псор щыгъуазэщ дяку ныбжьэгъугъэ зэримылъым. Мыр нэттхын хуейуэ ди пщэм къыдилъхьащ инджылыз пащтыхьым. Уафэм и щIагъ щIэткъым Инджылызым нэхърэ нэхъ къэрал инрэ нэхъ лъэщрэ. СыткIи япэ итщ ар, пцIыи хэзагъэркъым. Уи жьэм дауэ къекIуа ар - Инджылызыр пцIыIуэпцIышэщ жыпIэныр? Дэ дощIэ Франджыр Мысырым щытеуам щыгъуэ Инджылызыр ди къуэш мамлюкхэм къазэрыдэщIар. Абы лъандэрэ ныбжьэгъу зэхуэхъуащ Инджылызымрэ Шэрджэсымрэ. Инджылызыр зэи къыдэпцIыжакъым дэ, ар игъащIэми къадощI муслъымэнхэм.
Иджыпсту ди Iуэху зытетым щыгъуазэщ ар, къыддэIэпыкъунуи хьэзырщ. ТенджызитIым яку дэс лъэпкъхэр псори дызэшщ, зауэ фэтщIылIэн муради диIэкъым. Фэри дызэрыфщыгугъыр аращ: ди щIым къифщIыхьа быдапIэхэр фкъутэжи, Псыжь фызэпрыкIыж. Абы и ужькIэ дызэгурыIуэнщи, ди жагъуэ зэрыщIыжынкъым. Ар щIывжетIэр дыфщышынэу аракъым, зи жьауэ дыщIэува Инджылызым апхуэдэ чэнджэщ къыдехьэлIэри аращ. Дэ вжетIэм федэIуэн фи щхьэ тевмылъхьэмэ, фызэрегуакIуэщ, нэхъ ффIэзахуэр влэжь, ауэ афIэкIа зыри къытхуэвмытх, къытхуэфтхми, деджэнукъым. Инджылыз пащтыхьым и унафэм ипкъ иткIэ, ди хы Iуфэр хуит яхуэтщIынущ сатуущIэхэм, аращ фи быдапIэхэр икIэщIыпIэкIэ фкъутэжын хуейуэ щIыфпэдубыдыр. Уи щхьэм куэд тыболъхьэж уэ, ди хэкур зэтепкъутэну щыжыпIэкIэ. Ар зыхузэфIэкIынур Тхьэ закъуэрщ. Узыхуейуэ хъуар къыдэпщIэфыну жыбоIэ уэ, дэ дылъэпкъ мащIэми, Тхьэмрэ Инджылызымрэ къыддоIэпыкъури, иджыри къэс къыдэфщIэфаIакъым. Мыбы жэуап къептыжын мурад пщIымэ, жэуапыр зыхуэптхынур инджылыз пащтыхьырщ - абы и унафэм дызэрыщIэувар бжетIащ; жэуап къыдумытыжынумэ, афIэкIа къытхуумытхIа, зауэри зэпывмыгъэу. Мыр ныщIэттхыр фи топхэмрэ фи гынымрэ дагъэщтауэ аракъым - ар уигу къыумыгъэкIыххэ…»
Урысхэм я деж лIыкIуэ щэнейрэ ягъэкIуащ шэрджэс тхьэмадэхэм - лорд Понсонби къарихьэлIа чэнджэщым ипкъ иткIэ. ЛIыкIуэр щэнейрэ ягъэкIуа нэужь, тхьэмадэхэм къагурыIуащ генералым къепсэлъэн мурад зэримыIэр; итIанэ зауэм зыхуагъэхьэзыращ.
ЗэзыдзэкIар КЪЭРМОКЪУЭ Хьэмидщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1929.txt"
} |
Нобэ
Урысеймрэ Белоруссиемрэ щагъэлъапIэ Студентхэм я махуэр (Татьянэхэм я махуэр)
Урысей Федерацэм и Дзэ-Тенджыз флотым и кхъухьхэм я унафэщIхэм я махуэщ
1755 гъэм Москва къэрал университетыр къызэIуахащ.
1763 гъэм Пащтыхь гуащэ Екатеринэ ЕтIуанэм и унафэкIэ къызэрагъэпэщащ Урысей къэралыгъуэм IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм я Штаб нэхъыщхьэр.
1799 гъэм США-м щатащ жылэ зэрасэ Iэмэпсымэ зэрызэпкъралъхьам щыхьэт техъуэ тхылъыр.
1905 гъэм Африкэ Ипщэм къыщагъуэтащ дунейм щынэхъ ин дыдэ налмэсыр, «Куллинан» зыфIащар. Ар карат 3106-рэ хъурт.
1918 гъэм къащтащ ягъэлIыщIэ лэжьакIуэбэм къащхьэщыж, абыхэм я хуитыныгъэхэр къыщыгъэлъэгъуа декларацэр.
1919 гъэм Деникиным и дзэхэм Налшык яубыдащ.
1924 гъэм Шамони (Франджы) къыщызэIуахащ I ЩIымахуэ Олимп джэгухэр. ЛыжэкIэ лъагапIэм къелъэн, лыжэкIэ, лъэрыжэкIэ къызэдэжэн, кёрлинг, бобслей спорт лIэужьыгъуэхэр олимп зэхьэзэхуэхэм хагъэхьэри, япэу зэпеуэхэри абы щекIуэкIауэ щытащ.
1936 гъэм Стахановым и лэжьэкIэм теува гупышхуэ лъакъуэрыгъажэкIэ Налшык къэкIуащ.
1943 гъэм Воронеж къалэр нэмыцэ фашист зэрыпхъуакIуэхэм къыIэщIагъэкIыжащ.
Узыншагъэр хъумэнымкIэ IуэхущIапIэхэр Адыгейм къыщызэгъэпэщыным и лъабжьэр зыгъэтIылъахэм ящыщ, УФ-м щIыхь зиIэ и дохутыр Бэч Мэлэчхъан къызэралъхурэ илъэси 111-рэ ирокъу.
Совет, куржы политик, къэрал лэжьакIуэ, 1995 - 2003 гъэхэм Куржым и президенту щыта Шеварднадзе Эдуард къызэралъхурэ илъэс 91-рэ ирокъу.Совет фигурист, СССР-м щIыхь зиIэ и тренер Жук Станислав къызэралъхурэ илъэс 84-рэ ирокъу.
Совет усакIуэ, композитор, уэрэджыIакIуэ, актёр цIэрыIуэ, СССР-м и Къэрал саугъэтыр зрата Высоцкий Владимир къызэралъхурэ илъэс 81-рэ ирокъу.
КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Безыр Чэмал и ныбжьыр илъэс 80 ирокъу.
Мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъМУ-м и профессор ГъукIэжь Владимир и ныбжьыр илъэс 78-рэ ирокъу.
УэрэджыIакIуэ, композитор, УФ-м и цIыхубэ артист Добрынин Вячеслав и ныбжьыр илъэс 73-рэ ирокъу.
УФ-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ, КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Щад Азджэрий и ныбжьыр илъэс 72-рэ ирокъу.
Актёр, режиссёр, каскадёр, РСФСР-м щIыхь зиIэ и артист Ростоцкий Андрей къызэралъхурэ илъэс 62-рэ ирокъу.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Махуэм хуабэр градуси 5 – 9, жэщым щIыIэр 1 градус щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Джэд лъакъуэрэ хьэ лъакъуэрэ зыубыда щыIэкъым.
Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "193.txt"
} |
Мэрем пшыхь
ХьэтIохъущыкъуей напэ
Хъыбар
ХьэтIохъущокъуэм и лIыщIэхэм ящыщ зы, мэкъушэ щыIауэ къыздэкIуэжым, джабэ задэ гуэрым деж къыщыувыIащ. Вым тIэкIу зригъэгъэпсэхури джабэм къыкIэрыхьащ, арщхьэкIэ, мо уэшх нэужьым цIэнтхъуэрыгъуэ хъуащ гъуэгури, къыдэкIыфыркъым. ЩIалэр вым яхоуэ, зэхэзехуэн ищIауэ, джабэм кIэреукIыхь, выхэр мэцIантхъуэ...
Мэлыхъуэу губгъуэм ит Созырыхьэ абы гу къылъитэри къыбгъэдыхьащ.
– ГъуэгуфI апщий!
– Упсэу апщий!
– Я бзэ псалъэркъым, Iэщыр щIэбукIыр сыт, щIалэ? Уи лыжь ятелъ?
– И чэзум сынэмысыжу хъунукъым. Къысхуадэнукъым.
– Iэщри сфIэгуэныхьщ, уэри усфIэпсэкIуэдщ, сумыIуэтэжынумэ, сыбдэIэпыкъунт...
Псалъэ быдэ итащ имыIуэтэжыну.
– Выр щIэтIыкI.
ЩIалэм выхэр щIригъэтIыкIащ. Езы Созырыхьэ гум зыщIищIэщ, гур джабэм къыдишри къиутIыпщыжащ.
МыдэкIэ щIалэр къыздэкIуэжам ягъэщIагъуэри зэрагъэщIэгъуэнур ящIэркъым.
– Мыр дауэ! Уэлбанэ махуэм дауэ «ВыщхьэфIэч» укъыдашыфа?
– Уэлей, апхуэдэ къэмыхъуа!
– Мэкъугу илъу а ятIэ бдзантхьэм къыхэкIыфа жаIэуи-яIуатэуи зэхэзмыха, ыхьы!
ЩIалэм зыкъомрэ заригъэумысакъым, ауэ щыхагъэзыхьыпэм:
– Вым къыдишакъым, лIым къыдишащ, – жиIащ. Мэлыхъуэ щIалэм Iуэхур къызэрекIуэкIар жрагъэIэжащ. Ар зэхэзыха ХьэтIохъущокъуэр куэдрэ мыгупсысэу Созырыхьэр къригъашэри жриIащ:
– Умэлыхъуэ нэхърэ нэхъыфIщ, лей къыптезгъэхьэнкъым, си деж къанэ, – жиIэри.
ЩIалэм зыкъомрэ зытригъэхьакъым.
– СынолъэIу, си Iуэху къызумыхуэ. Си тхьэмыщкIапIэ сигъэсыж.
ТэлайкIэ зэпсэлъылIа иужькIэ, акъылэгъу хъуащ. А махуэм щыщIэдзауэ Созырыхьэ ХьэтIохъущокъуэ-пщым и пелуан хъуащ.
Махуэ гуэрым, ХьэтIохъущокъуэм и щымыIэгъуэу зыкъригъэхьэлIэри, Шужьеипщ къакIуэри Созырыхьэр дишащ: «Си пелуаным уемыбэну хъунукъым», – жиIэри.
Къыздишам, кърагъэбэнынур щрагъэлъагъум, Созырыхьэ жиIащ:
– Хъусин КIыхьыр къысхуэбгъэлъагъуэри, Хъусин Лъабгъуэр къысхукъуэпшащ, – жери.
ИтIанэ Хъусин Лъабгъуэ зыхуигъазэри лъэIуащ:
– Ди адэхэр зэмыкъуэшми, ди анэхэр зэшыпхъущ, дызумыгъэбэн.
– Уэ куэд жоIэ, – жиIэри Хъусин Лъабгъуэр Iэбащ, арщхьэкIэ зыри хуещIэркъым.
Созырыхьэ къэгубжьауэ еIэри и дзажэналъихыр икъутащ, къиубыдыжри пхъэшыкъум щхьэдидзыхыжащ.
Ар зылъэгъуа Шужьеипщ хутыкъуауэ щыт Созырыхьэ хьэджэсэкIэ еуэри иукIащ.
ХьэтIохъущокъуэм, къэсыжу Iуэхум щыгъуазэ хъуа иужькIэ, мыпхуэдэу жеIэ:
– Си тобэщ, сэ ди лей сымыгъэгъуну щыжысIакIэ, си псалъэм семыпцIыжын!
Абы иужькIэщ ХьэтIохъущокъуэмрэ Шужьеймрэ Тэтэртуп тхьэрыIуапIэм кIуэуэ псалъэ щызыIахар. Къагъэзэжауэ къыщыкIуэжым, ХьэтIохъущокъуэм Шужьейр гъэпцIагъэкIэ иукIащ.
КIурашын БетIал.
ЖыIэгъуэхэр
ЛъэпкъыфI и бын зеиншэ хъуркъым
ЗэрымыIыгъ лъэпкъыр иудыгъуафIэщ.
Зи бзэ зыфIэкIуэдам цIыхугъэм и нэхъ лъапIэм щыщ хощI.
Зи бзэр зэзымыпэсыж лъэпкъым и кIуэдыжыгъуэр къоблагъэ.
Зи мыхъумыщIагъэ зымыгъэикIэ лъэпкъыр мыхъумыщIагъэ хэкIынукъым.
Зи напэр зымыхъумэр напэншэмэ, зи хэку зымыхъумэр лIыгъэншэщ.
Зи щIэныгъэмрэ зи бжыгъэмрэ зыгъэбагъуэ лъэпкъыр псэунущ.
Къэрал мыхъумыщIэм и цIыхур бэлыхь щыщIэркъым.
Лъэпкъым зыхуигъэувыж къалэным елъытащ и пщIэри.
ЛъэпкъыфI и бын зеиншэ хъуркъым.
ЛIыфI зи тхьэмадэ лъэпкъым и пщIэр инщ.
МыхъумыщIэ зылэжьым хуэфэщэн удын темыхуэмэ, абы хуэдэхэм я бжыгъэм хохъуэ.
Уи адэшхуэ и пщIэр уи напщIэ телъкIэ уи фIыщIэм хэхъуэнукъым.
ФадэкIэ къыпхуэупсэр уи псэм йоIэ.
Хэти лъэпкъым хуолажьэ, хэти лъэпкъым къилэжьыр ешх.
Хуитыныгъэрэ пщIэрэ къызэрахьыр лIыгъэрэ цIыхугъэрэщ.
ЦIыхубэм къыбдамыщта Iуэхум къару игъуэтыркъым.
ЦIыхугъэрэ щэнкIэ, лIыгъэрэ хабзэкIэ адыгэм хуэдэ гъуэтыгъуейщ, и зэфIэгъэкIыр зыгъэмащIэр зэрызэгурыIуэгъуейрщ.
ЩIыгу зимыIэж лъэпкъыр цыджан пэлъытэщ.
Адэ-анэм хуаIэ лъагъуныгъэм хэщIыху, цIыхум я бжыгъэр нэхъ мащIэ мэхъу.
Балигъым хужымыIэр сабийм щиIуатэ къохъу.
Бын зимыIэм лъабжьэ иIэкъым, и къуэпсри мэгъужри и цIэри мэкIуэдыж.
Быныр гуащIэщ, умыщIэн куэд уагъащIэ, нэхъыбэжи уагъэшэч.
Быныр нэхъыбэу зыгъасэр уи псалъэракъым, блэжь Iуэхухэращ.
БыныфIрэ IуэхуфIрэ зэзынэкIам и цIэр кIуэдыркъым.
ГубэщIыкI Владимир.
ГушыIэхэр
Сэ насып сиIэт, ахъумэ…
- Уэлэхьи, Хьэжбий, нобэ сыщIэфлъхьэж пэтам, - жиIащ Дизыкъуажэ и ныбжьэгъум щыхуэзам.
- Сыту, Iэгъу? Къэхъуар сыт?
- Насып уиIэмэ, сыт хэлъ, ахъумэ нобэ сэ къэплъагъур метрибгъу зи кIыхьагъ пкIэлъейм сыкъехуэхащ, ауэ…
- Е зиунагъуэрэ, абы дауэ укъела-тIэ? – Хьэжбий гузавэу и ныбжьэгъур щызэпиплъыхьым:
- Аракъэ-тIэ, «ауэ» жыхуэсIэр. Сэ насыпыжьыр сиIэти, етIуанэ теувапIэм дежщ сыкъыщехуэхар, - жиIащ Дизыкъуажэ.
Щхьэ укъызэупщIрэ-тIэ?
Мэз къикIыжрэ пэт, Хъуэжэ зылI кърихьэлIащ.
- Дэнэ ущыIа, Хъуэжэ? – къеупщIащ лIыр.
- Мэшых сыщыIащ, хукхъуэ къызошэ, - жиIащ Хъуэжэ.
- АтIэ уи гум илъыр пхъэи: мэз ущыIа хъунщ, - жиIащ лIым.
- Си гум илъри мэз сызэрыщыIари щыпщIэкIэ – емынэм узэрихуэрэ, щхьэ укъызэупщIрэ-тIэ? – жиIащ Хъуэжэ.
Жылау Нурбий.
Тхыгъэ кIэщIхэр
Аслъэным ещхь
Хьэ бацэ цIыкIум и цыр ящат, и пщэц кIырыр къагъанэри. Иджы ар, цIыкIуми, и теплъэкIэ аслъэным ещхьти, псори «АслъэнкIэ» еджэу хуежьащ. Хьэ цIыкIуми, ар и фIэщ хъуауэ, псори езым къыщышынэн хуейуэ къилъытащи, хьэуэ зыхуэзэу хъуам заредз, арщхьэкIэ абыхэм къыхашхыхьыурэ къыхыфIадзэж. Хьэ цIыкIум къыгурыIуэркъым аслъэным урещхькIэ Iуэхур зэрызэфIэмыкIыр, атIэ, аслъэн нэсу ущытын щхьэкIэ, пщэц кIырым нэмыщI, нэгъуэщI куэди узэрыхуейр.
Тхылъ щхьэпэ
- Уи тхылъыщIэр си стIолым тезмыхыу телъщ.
- Си гуапэщ ар апхуэдизу уигу зэрырихьар.
- хуабжьу сэбэп къысхуохъу: пщэдджыжь къэс тебэр абы тызогъэувэ.
«ДэIэпыкъуэгъу»
Зыгуэр псым итхьэлэу лIы блэкIыр ирихьэлIати, егуоуащ: «Ей, дэIэпыкъуэгъу ухуей?» Модрейр, жэуап къимыту, псым щIэтIысыкIащ.
«Плъагъурэ абы и пагагъыр – къызэпсэлъэн къудей и щхьэ ирипэсакъым», - жиIэри лIыр екъури ежьэжащ.
Щхьэщытхъу
Псы куэду зыкIуэцIыхьа пхъэ фар мафIэм тралъхьат, гъущмэ исынщ, жаIэри. АрщхьэкIэ абы, езыр исын дэнэ къэна, мафIэр игъэункIыфI пэтащ. «Уэ сэбэп узэрыхъун щыIэкъым», - жаIэри, мафIэм къыпэрахыжащ, унэм къыщIахри хыфIадзащ.
Иджы ар и щхьэм щотхъуж: «Сэ зэгуэр мафIэм сыпэрылъу цIыхухэр згъэхуэбауэ щытащ!» - жеIэри.
ГущIэгъулы
Псэущхьэ лажьэншэ куэд зэришхам къыхэкIыу дыгъужьыр суд пащхьэм къихутат. Ар гузавэрт, си ажалыр къэса хъунщ, жиIэу.
Абдеж зы тхьэкIумэкIыхь къотэджри мэлъаIуэ: «Зиусхьэн судыщIэхэ, мы дыгъужьыр иджыри щIалэ дыдэщ, гъащIэми хабзэми хищIыкI щыIэкъым. СыныволъэIу, мыр фымыгъэтIысу, сэ згъэсэну къызэфтыну».
СудыщIэхэр зэчэнджэщри, тхьэкIумэкIыхьым и лъэIур хуащIащ. Арати, абырэ дыгъужьымрэ ежьэжащ, я унэ кIуэжыну. Дыгъужьыр нэсыжащ, и «гъэсакIуэр» и ныбэм илъу.
Щытхъуащ
СщIа сурэтхэр плъэгъуа?
- Слъэгъуащ.
- АтIэ дауэ къыпщыхъуа?
- Шырыкъу Хъызыр ейхэм нэхърэ нэхъыфIщ.
- Iагъу, ар дауэ? Шырыкъум сурэт ищIыркъым.
- Сэри аращ щIыжысIэр.
Къагъырмэс Борис.
ГъащIэр Тхьэшхуэм и тыгъэщ
(Ущие зыхэлъ псысэ)
Зы хъыджэбз нэф гуэр, апхуэдэу зэрыщытым къыхэкIыу, игурэ и щхьэрэ зэбгъэжауэ, и щхьэр фIыуэ имылъагъужу псэурт. Дуней псом гузэрыдзэ хуищIат, ауэ и псэм щигъафIэу зы цIыху дунейм тетт – ар фIыуэ илъагъу щIалэрт. Ар сытым дежи хущIэкъурт хъыджэбзым и гъащIэр зэрыщигъэпсынщIэным. Пщащэм жиIэрт дуней нэхум хэплъэну Iэмал иIамэ, пIалъэ къыхимыгъэкIыу и псэлъыхъум дэкIуэну зэрыхьэзырыр.
Куэд дэмыкIыу зыгуэрым и нитIыр хъыджэбзым тыгъэ хуищIащ. Иджы абы илъагъурт апхуэдизу и нэ къызыхуикIа дунейр. И псэлъыхъур къеупщIащ:
- Иджы, дуней дахэм хуиту ущыхэплъэкIэ, сэ укъыздэкIуэну? – жиIэри.
ЩIалэр нэфу къыщищIэм, пщащэр къэуIэбжьащ икIи абы дэкIуэн идакъым. Зэхихар и гум щIыхьауэ, и нэпсхэр хуэмыубыдыжу къежэхыу щIалэр къыIукIыжащ. ИужькIэ абы и къэшэну щытам письмо хуитхащ: «Си нитIыр хъумэ закъуэ, си дахэ, сэ апхуэдизкIэ фIыуэ услъагъурти, сыщымысхьу ахэр тыгъэ пхуэсщIыфащ», - жиIэу иту.
Мы псысэм къегъэлъагъуэ цIыхум гъащIэм къыщехъулIэм елъытауэ и хьэлкIэ, и акъылкIэ зэрызихъуэжыр. Языныкъуэхэрщ зыщIэжыр нэхъапэм я псэукIар, щытыкIэ нэхъ гугъу дыдэхэм гъащIэм щригъэувэми, я Iуэхур къыдаIыгъыу къабгъэдэтахэр.
Шыфэкъуж Данэ.
Прозэу тха усэ
ГукъэкIыжхэр
Фи Хэкум ноби ситщ. Фи деж зыщысплъыхьынкIэ срикъуркъым. Си гугъэнтэкъым гукъэкIыжхэм апхуэдиз щэху фхэлъу. Къытезгъэзэжурэ, мызэ-мытIэу сывблэкIаи хуэдэщ. ИтIани, сыкъэкIуэху щIэ гуэрхэр, нэхъапэм фхэзмылъэгъуа телъыджэхэр къызыкъувопхъуэт. ЛъащIэ имыIэу ара а фи пхъуантэм? Е сызыпэмыплъа хъыбар куэдыIуэ зэуэ къыстефтхъуэмэ, уIэгъэ зи куэд си гум зэрыхуэмышэчынур къывгурыIуэрэ? Ара си къэкIуэгъуэ къэс хъыбарыщIэ къыщIызэвутIыпщыр? Хьэуэ, фэ зыгуэр вдэзгъуэуэ аракъым. Уеблэмэ, псэм апхуэдизкIэ фыкъоIэфIэкIри, сызыщыщ зэманри сIэщIэгъупщыкIыжурэ, сыфхэджэразэу сыщыфхэгъуэщэжыр нэхъыбэщ. ФызэрыблэкIар е фыкъызэрызгъэнар къыспкърошэсэжри… аракъэ сызыукIыр?I Сэ нэгъазэ сызэримыIэри фэ фызэрызэзмышэлIэжыфынури къызгуроIуэри, блэкIам сыхуозэш. СыхуэзэшкIи къигъэзэжынукъым абы. Сэлам дыди къызимыхыжу ежьэжащ…
Хуэмурэ фызоутIыпщыж. ЗыфщызогъэпщкIу. ГъащIэм сыхокIуэтэж. Сесэжи хуэдэщ. Ауэ итIани, сыфхуэныкъуэ мэхъури, фи лъыхъуакIуэ сыножьэж. СыфкIэлъоIэбэ. СыфкIэлъопIастхъэ.
Сыщыфхузэгуэпи щыIэщ куэдрэ. Ауэ екIуэлIапIэншэ сыхъуа, гуитIщхьитIыгъэм и къапхъэным сриубыда нэужь, згъуэтыжыр фэращ. Сытывогъэуж, фыкъызодэхэщIэж, си нэпсыр схуволъэщIыж. Апхуэдэхэм деж согупсыс: сыту фIыщэу фызиIэт гукъэкIыжхэр! Си гум щызэтрихьа гуныкъуэгъуэхэри а гупсысэм лъэныкъуэкIэ ирегъэкIуэтэкIыж.
Зимычэзу бжьыхьэ
Налъэ-налъэу зэхуэсхьэса гъащIэм бжьыхьэ уэшхыр къыхошхэ. ТкIуэпс щIыIэхэр зыпхыкIа гъащIэр сымаджэ мэхъу. Къоуз гугъэфIкIэ гъэнщIауэ щыта зэманыр зэрыблэкIар, махуэ жагъуэхэм я уIэгъэхэр, гущIэм куууэ хыхьа гукъеуэхэр. Узым ягъэхыщIэ гъащIэм и псэр пыт къудейщ. Зихъумэжыфакъым… Мо гу пцIанэр псалъэ хьэулейхэм кIуапIэ ящIри, зэхауIухьащ. ИтIани ар хуейкъым ужьыхыну, дунейм къыхуохъуапсэ…
АрщхьэкIэ имычэзууэ къыхуэкIуа бжьыхьэм зыкъригъэщIэжыркъым. Гъэ кIуам къыхуэгуэпа, насыпкIэ къета бжьыхьэр иджы къызэрыщIэкIыжам еплъ… УэтIпсытIщ, пшагъуэщ. Сэращ езыр а бжьыхьэр къезыджэжар, итIани зыхузогъэгусэ…
Гугъуэт Заремэ.
НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1930.txt"
} |
Премьер-лигэм щоджэгу адыгэ закъуэ
Урысей Федерацэм футболымкIэ и зи чэзу чемпионатыр накъыгъэм и 16-м иухащ. Илъэс ещанэ хъуауэ абы и дыщэ медалхэр зыIэрегъэхьэ къэралым и хъугъуэфIыгъуэ нэхъыщхьэр зыIэщIэлъ «Газпром» акционер зэгухьэныгъэм и жьауэм щIэт Санкт-Петербург и «Зенит»-м. Премьер-лигэм щыджэгу адыгэ закъуэр зыхэт Мэзкуу и «Спартак»-р абы къыкIэлъокIуэ.
Натхъуэ Бибрэс, Щауей Алихъан, Мамты Хьэсэн, Бырхьэм Къантемыр, Къалмыкъ Амур сымэ, нэгъуэщI адыгэ щIалэ гуп Урысей Федерацэм футболымкIэ и премьер-лигэм илъэс зытIущ ипэкIэ щыджэгуащ. Абыхэм ехъулIэныгъэ хъарзынэхэр яIэт, зыхэт командэхэми пщIэшхуэ къыщыхуащIырт. АрщхьэкIэ зэманыр гущIэгъуншэщ – Натхъуэр Сербием Iэпхъуауэ абы и «Партизан»-р егъэбжьыфIэ, Щауейр Калининград и «Балтика»-м дэщIыгъуу япэ дивизионым щоныкъуакъуэ, Мамтымрэ Бырхьэмымрэ Краснодар и «Кубань»-мрэ Павловскэм и «Кубань-Холдинг»-мрэ етIуанэ дивизионым зыщрагъэIэтыну хущIокъухэр, Къалмыкъым и къару псори ирехьэлIэ Мэзкуу и «Торпедо»-р къэгъэщIэрэщIэжыным. Премьер-лигэм къыхэнэжар гъуащхьэхъумэныкъуэ Мырзэ Резуан и закъуэщ. Ар илъэситI хъуауэ Мэзкуу и «Спартак»-м хэтщ, ауэ иужь илъэс ныкъуэр Мэзкуу и Iэгъуэблагъэм и щIыхьыр зыхъумэ «Химки»-м бэджэнду щигъэкIуащ икIи хуабжьу сэбэп хуэхъуащ.
Куэдым зэращIэжщи, Химки щIыпIэм и командэр илъэс ипэкIэ премьер-лигэм яфIыхыхьащ щIыпIэ властхэр хуэмеищэу. Коронавирус уз зэрыцIалэр щыета гъатхэпэм и кIэухым ирихьэлIэу абы япэ дивизионым етIуанэ увыпIэр щиIыгъыу зэхьэзэхуэр зэпагъэуащ икIи, Iуэхур кIыхьлIыхь щыхъум, зэпеуэм щIрамыгъэдзэжу, щхьэж здэщытыр къыхуагъэнащ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ «Химки»-м Iэмал игъуэтащ премьер-лигэм щыджэгуну. АрщхьэкIэ абы текIуэдэну мылъкур зэрыкуэд дыдэр зыщIэ къулыкъущIэхэм ар хуагъэдэхакъым икIи гуп нэхъыщхьэм хэмыхьэмэ зэрынэхъыфIыр е закъыщIэзыгъэкъуэн лъэныкъуэкIэ къыщагъутын хуейуэ жаIащ. Зэрызехьэр кIыхь хъуащ икIи 2020-2021 гъэхэм я зэхьэзэхуэм щIидзэным зы тхьэмахуэ иIэжущ Iуэхум унафэ щигъуэтар - сытми «Химки»-р премьер-лигэм хагъэхьащ.
Хагъэхьа щхьэкIэ ар зэпеуэм хуэмыхьэзыру къыщIэкIащ икIи турнир таблицэм и кIэух увыпIэхэм къыщыхутащ. Апхуэдэм и деж къызэрыхъу хабзэти, тренер нэхъыжьхэр яхъуэжу хуежьащ. Юранрэ Гунькорэ мазэ зырыз-тIурытI ягъэлэжьауэ аращ. ИужькIэ тренер нэхъыщхьэу ягъэува Черевченкэ зэхьэзэхуэм нэхъ хуэжыжьаплъэу къыщIэкIащ икIи и пщэ къралъхьа гупыр щытыкIэ гугъум къришын папщIэ футболист лъэрызехьэ зытIущ зэрыхуейр къагуригъэIуащ. Япэ дыдэу зи цIэ къриIуар ди лъахэгъу, Мэзкуу и «Спартак»-м щызу къимыгъэсэбэп гъуащхьэхъумэныкъуэ Мырзэ Резуанщ. КъищынэмыщIауэ, адыгэ щIалэр зыIэригъэхьэну щIэхъуэпсырт Екатеринбург и «Урал»-ри. Абы и унафэщIым мазэ ипэкIэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм яжриIат Мырзэр зыхагъэхьэн папщIэ «Спартак»-м зэрыгурыIуар икIи Резуан и арэзыныгъэ фIэкIа Iуэхум зэрыхуэмыныкъуэжыр.
И унагъуэр зэса Мэзкуу иIэпхъукIыу Сыбырым кIуэну и нэ къикIыртэкъым ди лъахэгъуми, екатеринбургдэсхэр игъэщIэхъуащ. Къалащхьэм и Iэгъуэблагъэ Химким папщIэ уджэгун щхьэкIэ зыщIыпIи ущIэIэпхъуэн щыIэкъым.
- Си гуапэщ къысщIэхъуэпса гупымрэ къысхуэныкъуэ тренер нэхъыщхьэмрэ гъусэ сазэрыхуэхъуар,- жиIат абы щыгъуэ Резуан. - Черевченкэ Игорь дэрэ куэд щIауэ дызэроцIыху, Тулэ и «Арсенал»-м сыщыхэтым си гъэсакIуэу щытащ, икIи игъэув къалэнхэмрэ и мурадхэмрэ фIыуэ сыщыгъуазэщ. Аращ нэхъыбэу тезыгъэчыныхьар икIи къызэлъэIуар «Химки»-м сыхыхьэну. ГупыщIэм сызэрыхэзэгъэным, абы сэбэп сызэрыхуэхъуным хуабжьу сыхущIэкъунущ. Сэри си зэфIэкIыр здынэсыр къэзгъэлъэгъуэнымкIэ ар IэмалыфIщ.
Къэхъуам темыпсэлъыхьу, дауи, къэнакъым Мырзэм и Iуэхухэр зезыгъакIуэ Клюев Александри.
- Псом япэрауэ, Резуан хуейщ топ джэгуну икIи зыхэт гупым сэбэп хуэхъуну, - жиIат абы. – Ар зэфIэкI лъагэ зиIэ икIи зыкъэзыгъэлъэгъуэну зыфIэфI щIалэщ. Футболист нэсым зэрихабзэу, ар сыт щыгъуи джэгупIэ губгъуэм къихьэну, текIуэныгъэ инхэм хущIэкъуну хуейщ – Мэзкуу и «Спартак»-м апхуэдэ Iэмал иужь лъэхъэнэм къыщратакъым. Зыщыдгъэгъупщэнкъым Резуан абы щыхыхьам Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам ираджэу зэрыщытар. Ар а пщIэ лъагэм иджыри хущIэкъунущ, ауэ япэщIыкIэ «Химки»-м екIурэ ещхьу зыкъыщигъэлъэгъуэну хуейщ.
Ди лъахэгъур зыхыхьа гупри гуфIэрт.
- Хуабжьу щIэгъэкъуэнышхуэщ Мырзэ Резуан къызэрытхыхьар, - ибзыщIыртэкъым «Химки»-м и спорт директор Ульянов Дмитрий. – Езыри абы хущIемыгъуэжыну къытщохъу. Мырзэр псоми яцIыху футболист лъэщу, ауэ «Спартак»-м хуэфэщэн джэгугъуэ зэман къыщрамытауэ. Ар зыхэдгъэхьэн папщIэ хуабжьу гугъу зедгъэхьащ икIи ди гуапэщ адрей къыщIэупщIахэм дэ дакъызэрыхихар.
Мырзэ Резуан «Химки»-р куэдкIэ къызэрыщыгугъыр къигъэлъэгъуащ яхыхьэну зэгурыIуэныгъэр зэрызэращIылIэрэ зы махуэ фIэкIа дэмыкIауэ джэгупIэ губгъуэм къызэрырагъэхьам. Адыгэ щIалэр абы зэрыхэтар иужь сыхьэт ныкъуэращ, ауэ и хьэрхуэрэгъухэр а зэман кIэщIым икъукIэ зэригъэгулэзам фIым ущегъэгугъ.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, илъэситI ипэкIэ Мырзэ Резуан Мэзкуу и «Спартак»-м хагъэхьащ ар иджыри къэс зея «Ростов»-м адыгэ щIалэр къиутIыпщын папщIэ еврэ мелуани 4 иратри.
Дэ тщIэрт Урысей Федерацэм футболымкIэ и зэхьэзэхуэ блэкIам «Арсенал»-м хэту фIы дыдэу зыкъэзыгъэлъэгъуа икIи къэралым и командэ къыхэхам ираджа Мырзэ Резуан щIэупщIэшхуэ зэриIэр. Ар зыхагъэтыну щIэхъуэпсырт Европэм и Чемпионхэм я лигэм мыгувэу щыджэгуну «Краснодар»-р, Европэм и Лигэр къызыпэщылъ Мэзкуу и «Спартак»-р, нэгъуэщI гуп лъэрызехьэхэр. Тулэдэсхэри гугъэрт игъащIэм ямыIа ехъулIэныгъэ къахуэзыхьахэм ящыщ ди лъахэгъум и Iуэхухэр зэблэууэ я деж игъэзэжыну. АрщхьэкIэ Мырзэм теухуауэ куууэ зэпсалъэрт Мэзкуу и «Спартак»-мрэ «Ростов»-мрэ я унафэщIхэр. Зыр хущIэкъурт нэхъ пуду футболистыфIыр зыIэригъэхьэну, адрейр хуейт, зы соми тримыгъэкIуэдами, мылъку нэхъыбэ къригъэщIыну. ИкIэм-икIэжым, зэгурыIуащ. 2018 гъэм зэрыхыхьэрэ, и фащэр щыгъыу, зэIущIищ фIэкIа езымыгъэкIуэкIа Мырзэ Резуан иращIылIа зэгурыIуэныгъэр иухыным илъэситI иIэжу къызэриутIыпщым папщIэ Мэзкуу и «Спартак»-м «Ростов»-м хуигъэкIуэнут еврэ мелуниплI. КъищынэмыщIауэ, езы адыгэ щIалэми щхьэхуэу и щхьэзакъуэ контрактым Iэ тридзащ. Абы къыщыгъэлъэгъуащ къыкIэлъыкIуэ илъэсищым Мэзкуу и «Спартак»-м и щIыхьыр зэрихъумэнур икIи къыпэкIуэну улахуэр, саугъэтыр зыхуэдизыр. Ахэри зэрымымащIэр гурыIуэгъуэт. Арати, 2019 гъэм бадзэуэгъуэ мазэм и 18-м щыщIэдзауэ Мырзэ Резуан щыщ зы хъуащ Урысей Федерацэм и футбол командэ нэхъ цIэрыIуэ дыдэ Мэзкуу и «Спартак»-м (абы нэхърэ нэхъыбэрэ ди къэралым и чемпион хъуа щыIэкъым).
Мэзкуудэсхэм я Iуэхухэр а лъэхъэнэм хуабжьу гугъусыгъут. «Спартак»-р илъэс зыбжанэ хъуауэ зыIэщIэлъ мелардырыбжэ Федун Леонид и мылъкум щысхьыртэкъым лIэщIыгъуэ нэблагъэ ипэкIэ Старостин зэкъуэшхэм къызэрагъэпэщауэ щыта «цIыхубэ командэр» къэралым щыпашэхэм хигъэхьэжын папщIэ. АрщхьэкIэ, Совет Союзыр зэхэщэщэжу Урысей Федерацэр щхьэхуэ хъужа иужькIэ, 1990 гъэхэм сыт щыгъуи псоми ятекIуэурэ чемпионыгъэр зыIэщIэзылъхьэжауэ щыта Мэзкуу и «Спартак»-м абы къыщытригъэзэжыфар 2018 гъэ закъуэрат. Ауэ куэдрэ абыи иригуфIакъым – псалъэмакъ мыщхьэпэхэмрэ зэрыхьзэриймрэ нобэми къыхэкIыркъым.
Iуэхур игъэзэкIуэжыну ирагъэблэгъа белорус IэщIагъэлI Кононов Олег зэрыхуейм хуэдэу гупыр занщIэу хузэщIэгъэрыуIуакъым. Апхуэдэу щыхъум тегъэщIапIэ ищIыну жэрдэм къыхилъхьащ Тулэ и «Арсенал»-м къыщызыгъэпэжахэр. Апхуэдэхэт Бакаев Залымхъанрэ Мырзэ Резуанрэ. Ахэр тIури гъуащхьэхъумэныкъуэщ икIи я лъэныкъуэ зырызымкIэ щебгъэрыкIуэурэ я командэм ехъулIэныгъэ куэд къыхуахьат. Къапщтэмэ, Мырзэм «Зенит»-мрэ «Спартак»-мрэ яхудигъэкIа топхэм я фIыгъэкIэт тулэдэсхэм я цIэр щIэIуар икIи я тренер нэхъыщхьэ Кононовыр лэжьэну Мэзкуу щIашар. Ар езыри, зэрытлъагъуащи, фIыщIэмыщIэу къэнакъым: Iэмал зэригъуэту и пашэхэр зришэлIэжащ. Бакаевым и Iуэхур нэхъ тыншт – «Арсенал»-м бэджэнду «Спартак»-м иритати, къыIихыжат. Мырзэм гугъу дехьын хуей хъуащ - пасэу зэращIылIа зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ, ар иджыри илъэситIкIэ «Ростов»-м ейт. Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам ираджа иужькIэ, Резуан и пщIэр нэхъ лъагэжу дэкIуеящ. Ростовдэсхэм ар Iэзэу къагъэсэбэпащ икIи, щIэупщIэ зэриIэр зэралъагъуу, зэралъэфыхьу щIадзат, къыщIахыну мылъкум хэпщIыкIыу хагъахъуэу.
Дапхуэдэу хъуми, Iуэхур тэмэму зэфIэкIащ. Мырзэм Iэмал игъуэтат куэд набдзэгубдзаплъэу къызыкIэлъыплъ командэ цIэрыIуэм хыхьэну икIи и зэфIэкIыр здынэсыр къыщигъэлъэгъуэну. Ар зэрымымащIэм щыхьэт техъуэфынут иужь илъэситхум ар зыхэта премьер-лигэм щыджэгухэу Мэзкуу и «Торпедо», Грознэ и «Тэрч» (иджы «Ахмат»), Ленинград областым и «Тосно», «Ростов», Тулэ и «Арсенал» командэхэр. Грознэрэ Дон Iус Ростоврэ къищынэмыщIауэ, адрейхэм ар щыпэшащ. «Тэрч»-мрэ «Ростов»-мрэ и Iуэхухэр щIыдэмыкIами, Резуан и зэран хэлъкъым: япэм псынщIэу фэбжь щигъуэтащ, етIуанэм и тренер нэхъыщхьэм и джэгукIэр зэриубзыхум Мырзэм ейр темыхуэу къыщIэкIащ.
Мэзкуу и «Спартак»-м и тренер нэхъыщхьэ Кононов Олег и унафэм щIэту Мырзэ Резуан зэIущIи 8 Тулэ щригъэкIуэкIауэ арат. А мащIэри IэщIагъэлI цIэрыIуэм хурикъуат ди лъахэгъум и зэфIэкIыр зэрылъагэр зригъэщIэн папщIэ. Абы щыгъуэт Мырзэм дигъэкIа топхэм «Спартак»-мрэ «Зенит»-мрэ щыхигъэщIар икIи «Арсенал»-р зэи къэмыхъуауэ Iэта щыхъуар. ТопитI зэуэ къахудэзыгъэкIа адыгэ щIалэри мэзкуудэсхэм ягу ираубыдат.
Мэзкуу и «Спартак»-м и генеральнэ директор Цорн Томас шэч къытрихьэртэкъым Мырзэм я командэр зэригъэлъэщынум:
- Мырзэ Резуан дэ къытхохьэ Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам ираджагъащIэу. Дэ къытIэрыхьащ техникэ гъуэзэджэ зиIэ, гъуэм лъэщу икIи Iэзэу еуэ футболист. Аращи, «Спартак»-м и сэмэгу лъэныкъуэр къызэгъэпэща хъунущ ебгъэрыкIуэныгъэм хуэIэкIуэлъакIуэ щIалэ жыджэркIэ, - жиIат абы лъэныкъуэхэм зэгурыIуэныгъэм Iэ традза иужькIэ. – Резуан и зэфIэкIхэм фIыуэ щыгъуазэщ ди тренер нэхъыщхьэр. КъищынэмыщIауэ, иджыблагъэ къытхыхьэжа Бакаев Залымхъан дэщIыгъуу абы хъарзынэу зыкъыщигъэлъэгъуащ Тулэ и «Арсенал»-м. А тIур лъэныкъуэ зырызымкIэ щебгъэрыкIуэурэ я хьэрхуэрэгъухэр ягъэгулэзу щытащ. Иджыри апхуэдэу зэрыщытынум шэч къытесхьэркъым.
- Мэзкуу и «Спартак»-м сыхыхьэн папщIэ слъэкI псори злэжьащ икIи иджы щыщIэдзауэ къэралым и футбол клуб нэхъ цIэрыIуэ дыдэм сэри сыщыщщ. Зэхьэзэхуэ блэкIам Тулэ и «Арсенал»-м дыхэту ехъулIэныгъэфIхэр диIащ икIи абыхэм къапытщэну ди мурадщ, - къыпищат псалъэмакъым Мырзэ Резуан. – Кононов Олег хуейт и гупым сыхигъэхьэну, сэри абы и унафэм сыщIэту сыджэгуну сфIэфIщ. Ди мурадхэр зэкIэ къыдэхъулIащ, адэкIэ текIуэныгъэ инхэм дыщIэбэныну къытпэщылъщ. Ахэр зыIэрыдгъэхьэн папщIэ тхузэфIэкI псори зэретхьэлIэнум шэч хэлъкъым.
Бахъсэн къалэм къыщалъхуа ди лъахэгъу щIалэм урысей футболым и цIэр фIыкIэ зэрыщыIуар гуапэт. Дыпэплъэрт Мырзэ Резуан и текIуэныгъэщIэхэм икIи премьер-лигэм зэрыхэта илъэсихрэ ныкъуэм къриубыдэу «Спартак-Налшыкыр» зэи зытемыкIуэфа икIи ди республикэм къэкIуэхукIэ къыздашэ топджэгум дихьэххэм сыт щыгъуи бэлыхь дыхэзыгъэту щыта Мэзкуу и «Спартак»-м, дыхуей-дыхуэмейми дыдэщIырт, абы адыгэ щIалэ зэрыхэтым папщIэ. АрщхьэкIэ Резуан езыгъэблэгъахэр, япэщIыкIэ тренер нэхъыщхьэ Кононовыр, къыкIэлъыкIуэу генеральнэ директор Цорн яхъуэжащ. Абыхэм я пIэ къиувахэм тегъэщIапIэ ящIынур езыхэм къыздашащ икIи Мырзэр хуэм-хуэмурэ лей къэхъуащ.
Иужь лъэхъэнэм зыхэта «Химки»-р Резуан хуабжьу къыхуэныкъуэт. Езыми лъэкIыныгъэ ин зэриIэр аргуэру зэ наIуэ ищIыну, Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам игъэзэжыну щIэхъуэпсырт. Арати, зыр адрейм щIэгъэкъуэн лъэщ хуэхъуащ: адыгэ щIалэм я хьэрхуэрэгъухэм яхудигъэкIа мыхьэнэшхуэ зиIэ топхэм я фIыгъэкIэ «Химки»-р здэщыта иужь дыдэ увыпIэр ибгынэри нэхъ лъэрызехьэхэм яхыхьащ икIи еянэ увыпIэм щыту зэхьэзэхэур ирагъэухащ. Мырзэм къэщIэрэщIэжа и джэгукIэфIым къэралым и гуп къыхэхам и тренерхэми гу лъатэжащ икIи мыгувэу щIэзыдзэну Европэм и чемпионатым и кIэух зэпеуэм зыхуэзыгъэхьэзырынухэм хагъэхьащ. Дыщогугъ Резуан и Iэзагъ лъагэр аргуэру къыщигъэлъэгъуэну щIыпIэ ар хъуну.
Бэджэнду Мырзэр «Химки»-м зэрыщыIэну пIалъэр иухауэ Мэзкуу егъэзэж. Ар зыхэт «Спартак»-ми зэхъуэкIыныгъэхэр къызэрыпэплъэм шэч къыщIытепхьэщэн щыIэкъым, и тренер нэхъыщхьэр аргуэру зэрахъуэжам къыхэкIыу. Хэт ищIэн, адэкIэ къыхуэнэж илъэсыр абы щигъэкIуэнкIи хъунщ. Армырамэ щIэупщIэр и куэдщ икIи премьер-лигэм иджыпсту щыджэгу адыгэ закъуэм дэтхэнэ гупри зэригъэлъэщыфынур иджыри зэ псоми хьэкъ ящыхъуащ. Резуан и уасэр аргуэру дэуеящ. Иджы ар «Спартак»-м иутIыпщынукъым еврэ мелуанитI нэхъ икIэ къихуауэ. НэхъыфIыжыр къэнэжа илъэсыр мэзкуудэсхэм яхэту игъакIуэмэщ. ИтIанэ абы Iэмал игъуэтынут Европэм и Чемпионхэм я лигэми зыкъыщигъэлъэгъуэну. Ар дэтхэнэ зы футболистри зыщIэхъуэпсщ.
Жыласэ Заурбэч.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1931.txt"
} |
Урысей Федерацэм и цIыхубэ артист Токъуий Хъусен и щапхъэ дахэр
РСФСР-м щIыхь зиIэ, УФ-м и цIыхубэ артист Токъуий Хъусен ящыщщ цIыхухэм гукъыдэж ин езытахэм, ди лъэпкъ театр гъуазджэм зезыгъэужьу абы набдзэ хуэхъуахэм.
Токъуий Хъусен 1927 гъэм мазаем и 5-м Нартан (Къылышбийхьэблэ) къуажэм къыщалъхуащ. Ар къызыхуигъэщIар сценэрт. Пасэ дыдэу, Нартан къуажэм и курыт еджапIэм щыщIэсым, спектаклхэм дахьэхыу, Налшык къакIуэурэ театрым «щыхьэщIэу» щытащ. 1945 гъэм ар щIэтIысхьащ Лъэпкъ театрым и унэм къыщызэIуаха студием. Абы илъэсищкIэ щеджащ, кърат дерсхэр зыхилъхьэу, артистхэм я лэжьэкIэри и нэгу щIэкIыу. Студиер къызэриухыу, театрым лэжьэн щыщIидзащ. Псэемыблэжу и IэнатIэм бгъэдэтащ, спектакль зэмылIэужьыгъуэхэм роль нэхъыщхьэхэр щигъэзащIэу.
Роль щитIым щIигъу ищIащ Токъуий Хъусен. Абы и лIыхъужьхэм я образхэр зэхэплъхьэжмэ, адыгэлI щэджащэм и образ уардэр нэрылъагъуу уи нэгу къыщIэзыгъэхьэщ. Къэбгъэлъагъуэмэ, лIыхъужь ролу нэхъыбэ дыдэ адыгэ театрым щызыгъэзэщIар Токъуий Хъусенщ. Апхуэдэу «Тыргъэтауэ», «Эдип» пьесэхэм къытращIыкIа спектаклхэм Токъуийр зэрыщыджэгуар куэдым ягу дыхьащ икIи гукъинэж ящыхъуащ. Ар ящыщу къалъытэрт псэкIэ джэгу актёр Iэзэхэм.
Хъусен и лэжьыгъэм щытхъухэр, дамыгъэ лъапIэхэр къыпэкIуащ. ЗэфIэкI зэриIэр, и къалэнхэм гурэ псэкIэ зэрегугъур наIуэ къэхъури, и пщIэми ину зиIэтащ. Артист щэджащэм тхуэнейрэ къыхуагъэфэщащ КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и ЩIыхь тхылъыр, Профсоюзхэм я Къалмыкъ область Советым, Адыгейм ЩэнхабзэмкIэ и управленэм, Театрхэм я урысейпсо еплъыныгъэм зэрыщытекIуам, Къэбэрдей-Балъкъэрым ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм, Радиомрэ телевиденэмкIэ къэрал комитетым я щIыхь тхылъхэр, «Хэку зауэшхуэм и зэманым зыхэта псэемыблэж лэжьыгъэм папщIэ», «Хэку зауэшхуэм къыщытхьа ТекIуэныгъэр илъэс 50 щрикъум ирихьэлIэу» медалхэр, «Ленин» орденыр.
Токъуий Хъусен и Хэкумрэ лъэпкъымрэ хуэпэж икIи хуэфащэ адыгэлI щыпкъэу псэуащ. Абы и гуащIэр ноби цIыхухэм ящыгъупщэркъым.
Театрыр гъуазджэхэм я нэхъ хьэлэмэтщ, лъэпкъхэр нэхъ зыхуэныкъуэщ. Драматург ин Островский Александр жиIэгъащ: «Академиехэм, музейхэм, университетхэм хуэдэу, театрри лъэпкъыр зэрефIакIуэм и щыхьэт нэсщ. Дэтхэнэ лъэпкъри, лъэпкъ цIыкIури, анэдэлъхубзэри езым къыдэхъуа театр иIэну, абы иригушхуэну хуитщ! Театрым зи гъащIэр езыпха цIыхур гъуэгу гугъу теувами, жыпIэ хъунущ гъуэгу пэж, гъуэгу махуэ теувауэ. Ар гъуэгу махуэщ, цIыхур дахагъэм хуэбущийуэ, хуебгъаджэу щытщи…».
ЦIыхухэр дахагъэм хуэзыгъасэ, фIым хуэзыущий артист гъуэзэджэт Токъуий Хъусен. Ар ди къуажэхэм, къалэхэм, фIыуэ къыщацIыхурт. Ди лъэпкъ театрым зиужьынымкIи абы куэд хузэфIэкIащ.
Токъуийм Налшык щыIа театральнэ студиер 1948 гъэм къиухащ. Япэ махуэхэм щыщIэдзауэ Хъусен роль гугъухэр къыхуагъэфащэ, зэфIэкI иIэуи зыкъегъэлъагъуэ. Москва театральнэ институт къыщызыухахэм ядэхъун, ядэлэжьэфын папщIэ, Хъусен и къару еблэжакъым - театр гъуазджэм теухуауэ литературэ куэд щIиджыкIащ.
Лъэпкъ тхыдэм, литературэ тхыгъэ цIэрыIуэхэм къахэкIа образхэм артист куэд пэлъэщыркъым. А образхэр сценэм щагъэлъэгъуэну къалэн зыщащIыр зэфIэкIышхуэ зиIэхэрщ. Токъуийм мызэ-мытIэу цIыхубэм фIыуэ ялъагъу лIыхъужьхэм я образхэр сценэм щиузэщIащ. Абыхэм ящыщщ Акъсырэ Залымхъан и «Дахэнагъуэм» щигъэзэщIа Джэримэс и ролыр. ЦIыхубэ насыпым и лъыхъуакIуэ бжэныхъуэ щIалэм и гуращи, и хьэл-щэни, ар Дахэнагъуэ зэрыхуэпабгъэри ди фIэщ ищIу Хъусен дигъэлъагъуфащ. ИкIи «Дахэнагъуэм» зэгуэр уеплъауэ Джэримэсыр пщыгъупщэжынкъым, уеблэмэ Токъуийм нэмыщI а ролыр нэгъуэщIым игъэзащIэу къыпхузыщыгъэхъуркъым.
Апхуэдэу гум къонэж Хъусен «Къызбруным» щищIа ЛIыхъусан, «Къанщобийрэ Гуащэгъагърэ» Къанщобий сымэ я образхэр.
Дуней псом щыцIэрыIуэ пьесэхэм я лIыхъужь зыбжанэ Хъусен адыгэ сценэм щигъэлъэгъуащ: - Шекспир и «Ромеорэ Джульеттэрэ» спектаклым - къехъулIэрт Ромео и ролыр. Назим Хикмет и «Лъагъуныгъэм и хъыбарым» Фархаду щыджэгуащ. Артистым псом хуэмыдэу къохъулIэ цIыхубэ насыпым щIэбэнхэм я ролхэр.
Токъуийр къызыхэкIа лъэпкъым и гуращэфIхэр къызыгурыIуэ цIыхут, адыгэ гъуазджэм бжьыпэр щызыIыгъхэм ящыщ зыт. Ар зи лэжьыгъэм щIэх арэзы темыхъуэ, сыт щыгъуи щIэ гуэр къэзылъыхъуэ актёрт.
Шолоховым и «ЩIыщIэ къэIэтам» Нагульнову щыджэгуну Токъуийр щIэхъуэпсырт. Дунейпсо революцэм итхьэкъуа а цIыху щхьэмыгъазэм и образыр адыгэ сценэм зэрыщигъэлъэгъуэнум ар игъэпIейтейрт. ИкIи а мурадыр къехъулIащ. Хъусен а образыр гуимыхужу, щIэщыгъуэу ди нэгу къыщIигъэуващ.
ДыщэкI КIунэ, ТIыхъужь Алий сыми «ЩIыщIэ къэIэтам» зэфIэкI яIэу щыджэгурт. Театрым и артист нэхъыфIхэм спектаклыр драмэ театрхэм я урысейпсо еплъыныгъэм щагъэлъэгъуати, щIыхь тхылъым и япэ нагъыщэр къыхуагъэфэщащ.
Хъусен нэгъуэщI образ куэди гуимыхужу ди сценэм къыщигъэщIащ. Артистым и зэфIэкIым зиузэщIащ, и зэфIэкIым хэхъуащ. Ауэ зыхунэсам ар зэи къыщызэтеувыIакъым. И гъуазджэмкIэ цIыхухэр фIым хуишэ зэпытт.
Хъусен ящыщтэкъым театрыр нэгузегъэужьыпIэу къэзылъытэхэм. Абы дежкIэ театрыр лэжьапIэт, гъуазджэм и пэжыр къыщыщIауIукI кIыщт. А кIыщым сыт щыгъуи езыр гъукIэгъэсэну щылъащэу зыкъыщыхъужырт. Аращ и гуащIэ щIемыблэжари. Арат абы мыпхуэдэу щIыжиIэри:
«Артистыр, дапхуэдэу Iэзэми, образым лъыхъуэн хуейщ. ЗыкъыфIэмыщIыжу, емызэшу гъащIэм хуеджэу, цIыху хьэл Iэджэм ихьэфу щытын хуейщ».
А псалъэхэм къаIуатэ Токъуий Хъусен лэжьыгъэм зэрыхуэпэжар, гумызагъэу зэрыхущытар.
Театрым зэрыщылэжьа зэманым Хъусен щIыхь тхылъхэр, медалхэр къыхуагъэфэщащ. Ауэ ар псом хуэмыдэу нэхъ зэрыгушхуэ, ди къэралым и дамыгъэ нэхъ лъапIэ дыдэт Ленин орденыр. Къыхэгъэщыпхъэщ, Къэбэрдей-Балъкъэр драмэ театрым и актёр нэхъыфIхэм ящыщу апхуэдэ дамыгъэ зратар абы и закъуэу зэрыщытыр. Ар и щыхьэтщ Токъуий Хъусен и зэфIэкIыр лъагэу зэрыщытам.
Тхьэзэплъыж Ислъам.
Сценэм къызэрихьэу узэщIэзыубыдэ, гурыгъу-гурыщIэ куу къыппкърызыгъэхьэхэм ящыщщ РСФСР-м и цIыхубэ артист Токъуий Хъусен. Къэбэрдей-Балъкъэр театр гъуазджэм къикIуа гъуэгуанэр, къихьа зыужьыныгъэр абы и цIэм къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ.
Джэгуу сценэм щиткIэ театрым узэрыщIэсыр пщызыгъэгъупщэ, уи нэгу щIэкI псоми уэри ухэту къыпщызыгъэхъу актёрхэр щыIэщ. Абыхэм уагъэгуфIэ, уагъэгузавэ, уагъэпIейтей, узэгуагъэп. Ауэ, мис спектаклыр еух. Сценэр зэхуащIыж. Театрым и уэздыгъэхэр ягъэункIыфIыж. ЦIыхухэр зэбгрокIыж. Языныкъуэхэм деж къызэрыхъум хуэдэу, актёр Iэзэм къигъэщIа образыр кIуэдыжыркъым. Ар, гумрэ псэмрэ дыхьащи, гъащIэ гъусэ пхуохъу.
Токъуий Хъусен театреплъ минхэм фIыуэ ялъэгъуащ икIи абы и Iэзагъэм итхьэкъуахэм къащохъу ар зыхэмыт спектаклыр зыгуэр хущыщIэ хуэдэу. Дауи, артистым дежкIэ абы нэхъ лъапIэ щыIэкъым. Езы Хъусени сценэншэу и гъащIэр и нэгу къыхущIэгъэхьэртэкъым. Дауэ гъуазджэм и гъуэгу гугъум теува ар? ЗэрымыщIэкIэ. Хъусен и хъуэпсапIэхэм зэи къыхыхьэртэкъым артист хъуну. Нартан курыт школым и художественнэ самодеятельностым жыджэру хэтми, ар зыщIэхъуэпсыр механизатор хъунырт. Зауэ нэужь лъэхъэнэм а IэщIагъэм нэхъ пщIэшхуэ зиIэ къуажэм щыIэтэкъым.
Ауэ махуэ гуэрым Токъуийхэ щыхьэщIащ Къэбэрдей-Балъкъэр драмтеатрым и артист Щхьэгъэпсо Мухьэмэд. «НакIуэ театрым, уеджэнщ, артист ухъунщ. Уэ зыгуэр къыпхэкIынущ», - жриIащ абы щIалэщIэм. Хъусен, зыкъомрэ темыгушхуами, арэзы хъуащ.
Ауэ Iуэхур зыщыпэмыплъам къыщыкъуэкIащ. Театр студием щIагъэтIысхьэнухэр ирикъуат. Хъусен мурад зыхуищIа Iуэхум пикIуэтыжыну и мурадтэкъыми и актёр лэжьыгъэм щIидзащ театрым и пщIантIэпхъэнкIыу. Пэжщ, абы пщIантIэ ипхъэнкIакъым, унафэм апхуэдэу иратхэри, студием щрагъэджащ.
Артист куэд щыIэу къыщIэкIынкъым Хъусен хуэдэу занщIэу зи насып къикIа. Студиер къызэриухыу, ролыфIхэр ирату щIадзащ. ИкIи япэ дыдэу сценэм къыщихьа махуэхэм щыщIэдзауэ абы къигъэлъэгъуащ зэфIэкI зэриIэр, адрейхэм зэрызапимыщIыжынур, атIэ езым и лъагъуэ гъуазджэм зэрыщыпхишынур.
Артист насып… Ар зэманым къигъэув Iуэхугъуэ инхэм пэджэж ролхэр къуатынырщ, пщIа образыр къохъулIэу цIыхухэм гукъинэж ящыхъунырщ. Абы и лъэныкъуэкIэ Хъусен и актёр гъащIэр насыпыфIэт.
Токъуийм и зэфIэкIым нэхъри зыкъыщитIэтащ «Къамботрэ Лацэрэ» спектаклым. Абы щигъэзэщIащ роль нэхъыщхьэр - Къамбот и ролыр. Пэжщ, Къамбот нэгъуэщI лъэхъэнэм и бынщ. ЩоджэнцIыкIу Алий и роман уахътыншэм къыхэтэджыкIа адыгэлI пхъашэм етIуанэ гъащIэ сценэм щритащ Хъусен.
Абы ехъулIэныгъэшхуэ зэриIам ущытепсэлъыхькIэ гулъытэншэу къэбгъанэ хъунукъым мыпхуэдэ зы Iуэхугъуи. А ехъулIэныгъэм и хэкIыпIэхэм ящыщ зыщ джэгуэгъуфIыр. Апхуэдэ джэгуэгъут Сыбэч Быхуэ. А тIуми роль нэхъыщхьэхэр спектакль куэдым щыздагъэзэщIащ.
Хъусен и зэфIэкIым къэухь ин иIэт. Апхуэдэу фIыуэ ар щыджэгуащ урыс, хамэ къэрал классикэ пьесэхэми: Островский Александр и IэдакъэщIэкIхэм, Шекспир и «Ромеорэ Джульеттэрэ» трагедие уахътыншэм, совет драматургхэм я пьесэхэу ди нобэрей цIыхухэр зи лIыхъужь нэхъыщхьэхэм.
Сыт Токъуийм ищIа образхэр апхуэдэу гукъинэж зыщIар? Псом япэу зи роль игъэзащIэ цIыхухэм я гупсысэхэр тэмэму зэрыдигъэлъагъуфырщ. Абы и щапхъэщ КIыщокъуэ Алим и «Гъуэгуанэ» драмэм хэт Аслъэнджэрий и образыр. УмыпIейтеин плъэкIыркъым зи хэкум пэIэщIэ хъуа цIыхум и псэм щыщIэр зыхуэдизыр Хъусен щыдигъэлъагъукIэ. Сыт хуэдиз хьэзаб телъ Аслъэнджэрий! Зауэм щыгъуэ гъэрыпIэ ихуэу Тыркум къыщыхута адыгэлIым и псэм игъэвыр уигъэпIейтейуэ, уеблэмэ уи щхьэфэцыр игъэтэджу артистым и нэгум къощ. Абы и псалъэхэм къыхэIукI щэIум уи гущIэм зыкърегъэгъазэ.
Хъусен и Iэзагъэм ди республикэм къыдэкIуэу Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм я гуащIэрыпсэухэр щыгъуазэт. Токъуийм Iэгуауэшхуэ хуаIэтащ москвадэсхэми.
Мэзыхьэ Борис, тхакIуэ.
Илъэс куэдкIэ садэлэжьащ сэ Токъуий Хъусенрэ абы и гъусэу Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и сценэм спектакль хьэлэмэтхэр щызыгъэуву, цIыхубэм езыгъэлъагъуу щыта артист щэджащэхэмрэ. Хъусен зымыцIыху куэд щыIэтэкъым - ини цIыкIуи. ЯцIыху къудейм къыщымынэу, фIы дыдэу ялъагъурт.
ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ ди Къэбэрдей драмэ театрми, Москваи, нэгъуэщI къалэ зыбжанэм дэт театрхэми Токъуийр хэту репетицэ Iэджэ, спектакль куэд сыщеплъащ. Зэпымыууэ Хъусенрэ абы и ныбжьэгъухэмрэ я джэгукIэм сригуфIэрт, срипагэрт, сригушхуэрт. Гуапэкъэ апхуэдэ дэрэжэгъуэ бгъуэтыныр!
1982 гъэм и фокIадэ мазэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал драмэ театрым и гупитIри зэгъусэу Москва яшауэ щытащ Театр ЦIыкIум зы тхьэмахуэкIэ зыкъыщагъэлъэгъуэну. Ар IуэхугъуитIым теухуат - Къэбэрдейр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 425-рэ, Совет Союзыр илъэс 60 зэрыхъуам.
Дэ Москва здэтшахэм ящыщт IутIыж Борис итха «Тыргъэтауэ» трагедием тращIыкIа спектаклыр.
Республикэм дикIа гупышхуэхэр москвадэсхэм гуапэу драгъэблагъэри, «Урысей» хьэщIэщым дыщIагъэтIысхьащ. ЕтIуанэ пщыхьэщхьэм цIыхур театрым щIэз къэхъуащ. Къэрал псом щыцIэрыIуэ, СССР-м и цIыхубэ артисткэ Быстрицкая Элинэ я пашэу Москва гъуазджэм хуэлажьэ цIыху гуп, удз гъэгъахэр яIыгъыу, сценэм къихьэщ, псалъэ IэфI куэд къыджаIэри, ди театрым и «Тхьэмахуэр» къызэIутхащ, Iэгуауэ иным щIэту.
А пщыхьэщхьэми къыкIэлъыкIуа махуэхэми ди спектаклхэр екIуу, гъэщIэгъуэну, дэтхэнэ Iыхьэри IэгуауэкIэ иухыу екIуэкIащ. «Тхьэмахуэр» псынщIэ дыдэу блэлъэтащ. ИтIанэ СССР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм драгъэблагъэри ину къытщытхъуащ. ФIы куэд къытхужаIащ искусствоведением и доктор Хайченкэ Г., «Театр» журналым и унафэщI Швыдкой М., РСФСР-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къуэдзэхэу Стригановымрэ Кочетковымрэ, ГИТИС-м и егъэджакIуэ Демин В., КПСС-м ЦК-м и инструктор Ильичевэ Н., нэгъуэщIхэми. Абыхэм я псалъэм къыхагъэщащ ролищ зыгъэзэщIа Токъуий Хъусен зэфIэкI телъыджэ зэрыбгъэдэлъыр. Москвадэсхэми икъукIэ ягу ирихьат «Тыргъэтауэ» спектаклыр. Абы къыхэкIкIэ а спектаклыр тIэунейрэ дымыгъэлъагъуэу хъуакъым.
Ди хьэщIэ лъапIэхэм яхэтт тхакIуэ цIэрыIуэ КIыщокъуэ Алимрэ авиацэм и генерал-майор, Совет Союзым и ЛIыхъужь Къардэн Къубатийрэ. Хъусен сценэм къызэрихьэу, а тIум жаIащ мыпхуэдэу:
- Токъуийр Совет Армэм хэтын хуейт, гвардием и офицеру, нэгъуэщIхэм щапхъэфI яхуэхъуу.
- Хьэуэ, ар ди Iуэхум къемызэгъынщ, - сыгушыIащ сэри, абыхэм сабгъэдэсти, - Хъусен дзэм хэтамэ, хэтыт Джэгъэтей и ролыр зыгъэзэщIэнур?
Сыт хуэдизкIэ Токъуийм ущытхъуми, мащIэщ. Абы теухуауэ тхылъ ятхыу къыдагъэкIамэ, хъарзынэт.
Ди щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ Хъусен щиIыгъа увыпIэм щыхьэт хуохъу мыри. Совет властым и зэманым илъэситху планхэр зэфIэкIа нэужь, нэхъыфIу лэжьахэм къэралым и дамыгъэ лъапIэхэр ирату щытащ. Нэхъ лъапIэр Ленин орденырт. НтIэ, а орденыр зэ закъуэ къытлъагъэсати, фIыуэ дыхэплъэщ, дегупсысри, Токъуий Хъусен хуэдгъэфэщауэ щытащ. Къилэжьат ар абы!
АдыгэлI щэджащэр дыпсэуху дигу идгъэлъынщ, лъэпкъым хуилэжьар зыщыдмыгъэгъупщэу. Си фIэщ мэхъу Токъуий Хъусен и цIэр адыгэ лъэпкъым и тхыдэм игъащIэкIэ зэрыхэтынур.
ЕФЭНДЫ Джылахъстэн,
КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министру илъэс куэдкIэ лэжьа.
1997 гъэ
Си гъащIэр театрым къыгуэхыпIэ имыIэу пыщIауэ сыкъогъуэгурыкIуэ. Псом хуэмыдэу си щIасэщ Адыгэ театрым и ехъулIэныгъэхэр, ахэр зи Iэужь актёрхэм я хъэтIыр, къагъэIурыщIэф лъагапIэхэр. Абыхэм сыщегупсыскIэ куэдрэ сигу къокIыж Москва дэт ГИТИС-м сыщыщIэсам ди егъэджакIуэ Гончаров Андрей жиIэрейуэ щыта мыпхуэдэ псалъэхэр: «АртистыфIхэр уиIэмэ, театрыфIи бгъуэтынущ».
АктёрыфI зэи щыщIакъым Адыгэ театрыр. Псом хуэмыдэу зэфIэкI зиIэ артист вагъуэбэ диIащ блэкIа лIэщIыгъуэм и хыщI гъэхэм. А лъэхъэнэм ди театрыр МХАТ етIуанэу убж хъунут - мыбы щылажьэрт Сонэ Мухьэрбий, Шэрий Азрум, Болэ Мурат, ТIыхъужь Алий, ДыщэкI КIунэ, Токъуий Хъусен сымэ.
ДерсыфI Iэджэ къызэзыта актёр гъуэзэджэхэм яхэсIэтыкIыну си гуапэщ Токъуийр. Сыт щхьэкIэ? Ар, пцIы хэмылъу, псоми къахэлыдыкIырт. ЗэфIэкIышхуэ иIэт. Роль нэхъыщхьэхэр абы фIахыртэкъым. Хъусен сэ нэхъыфIу къыщысцIыхуар 1957 гъэрщ, Джэримэсу «Дахэнагъуэ» спектаклым щыхэтарщ. Токъуийм укъызэщIиIэтэу, дэрэжэгъуэшхуэ къуиту, уи псэм IэфIыгъэ гуэркIэ къыхыхьэу игъэзащIэрт бжэныхъуэм и ролыр.
Иджыпсту слъагъу хуэдэу къысфIощI «Палатэ» спектаклым щыщ зы пычыгъуэ цIыкIу. Сымаджэщым зы гуп щIэлът. Абыхэм яхэтт егъэджакIуэ (Токъуийр). Иригъаджэ цIыкIухэм щIэупщIакIуэ къыхуэкIуат (ахэр сценэм къихьэртэкъым), щхьэгъубжэмкIэ щепсэлъылIэу къытфIигъэщIырт. Хъусен зыуэ гуапэу и гъэсэнхэм яIуплъэрт, зыуэ телъыджэу и нитIыр лыдырти, ар пэж дыдэу сабийхэм яхэпсэлъыхь фIэкIа зэрыпщIэн щыIэтэкъым.
Апхуэдэ теплъэгъуэ Iэджэ гукъинэж сщищIат Токъуийм. ЩапхъэфI дыдэщ ар Шолоховым и «ЩIыщIэ къэIэта» романым къытращIыкIа спектаклым Нагульнову зэрыхэтар. Спектаклым и кIэм Нагульновымрэ Давыдовымрэ (абы и ролыр зыгъэзэщIар Мысостышхуэ Пщызэбийщ) хокIуадэ. ЦIыхухэм фIыщэу закъезыгъэлъэгъуа а лIы хьэлэмэтитIым я «фэеплъ сынхэм» Щукарь дадэр (ТIыхъужь Алий) ябгъэдэсу щыплъагъукIэ, зэрыжаIэщи, уи гущIэм зыкъигъазэрт…
ПхуэмыIуэтэжыным хуэдизщ актёр гъуэзэджэхэм я IэужьыфIхэр. Ахэр уахътыншэ щрехъу ди лъэпкъ гъуазджэм и тхыдэм.
Теувэж СулътIан, режиссёр.
КIэмыргуей Валентин:
- Дэ еджакIуэ дыкъыщикIыжам Токъуий Хъусен лIыкут, и гупсысэкIэкIи, и теплъэкIи зэпIэзэрытт. Ар гу къабзэ, псэ хьэлэл зиIэ цIыху пэжт, Iущт, уепсэлъылIэну гъэщIэгъуэнт. Балигъхэми сабийхэми фIыуэ ялъагъу актёрт.
«Шарф любимой» фильмым Токъуий Хъусен КIуэкIуэ Тамарэрэ ТIыхъужь Алийрэ я гъусэу гукъинэжу щыджэгуащ. «ЩIыщIэ къэIэта», «Пащтыхьымрэ пащтыхь гуащэмрэ», «Тыргъэтауэ» спектаклхэм щищIа ролхэр цIыхубэм гунэс ящыхъуауэ нобэр къыздэсым ящыгъупщэркъым.
Шыбзыхъуэ Басир:
- Хъусен илъэс куэдкIэ сыдэлэжьащ. Ерчэн Леонид игъэувауэ щыта «ЕпщыкIущанэ председатель» спектаклым председателым и ролыр тIуми чэзууэ щыдгъэзэщIэну къыщытхуихуэм къыздэIэпыкъуащ, чэнджэщ щхьэпэхэр къызиту. А зэманым Совет Союз псом щагъэуващ а спектаклыр.
И гуащIэм къыпэкIуа пщIэм зэи къызыфIигъэщIыжакъым Токъуийр. Дапхуэдизу и цIэр яIэтами, цIыху къызэрыгуэкIыу къэнэжат. Ар зи нэгум нурыр кърих цIыху щыпкъэт, куэд зэпэзышэчт. Нэхъ сигу къинэжаращи, нэхъыщIэхэми Хъусен зыкъыддригъэкIурт, пщIэ къытхуищIырт. Апхуэдэу IэфIу, гуапэу дигу къинэжащ ди лэжьэгъу Токъуий Хъусен.
Щэрмэт Людмилэ:
- Хъусен сценэм къыхуигъэщIа цIыхут. «Къамботрэ Лацэрэ», «Тыргъэтауэ», «Лъэмыж», «Яшэмрэ къэзышэхэмрэ» спектаклхэм зэгъусэу дызэрыхэтам срогушхуэ. Комедие жанрым куэдрэ щыджэгуну къыхуимыхуами, ар езыр гушыIэр хуабжьу зи щIасэ цIыхут.
Хъусен хьэл-щэн дахэхэр дэплъагъурт. Ар щхьэхуещэтэкъым, фыгъуэртэкъым, артист ныбжьыщIэхэм дэIэпыкъуэгъу къытхуэхъурт, диущийрт.
Хьэмыку Жаннэ:
- Токъуий Хъусенрэ сэрэ «Тыргъэтауэ», «Лъэмыж» спектаклхэм зэгъусэу дызэрыщыджэгуар сигу къинэжащ.
Абы куэдрэ къыхуихуэрт спектаклхэм хэт лъэпкъ лIыхъужьхэм я ролхэр игъэзэщIэну. Актёр жыджэрым ар икIи фIы дыдэу къехъулIэрт.
Хъусен хуэдэу адыгэ фащэр зэкIу къэгъуэтыгъуейт. И теплъэкIэ ар лъагъугъуафIэт, щхьэпэлъагэт, адыгэлI нэст. ЕджакIуэ къикIыжа щIалэгъуалэм ар ди щапхъэгъэлъагъуэт. Псом хуэмыдэу Токъуий Хъусен и псэлъафэу щытахэм ящыщ куэд сигу къинэжащ.
Зытхыжар БжьыхьэлI Розэщ.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1932.txt"
} |
ГушыIэр Тхьэм и щIасэщ
Iуэхур щекIуэкIыр уэрамдэкI кIыфIырщ.
- Тутын умыIыгъыу пIэрэ? - йоупщI лIым щыхьэу ар ихъунщIэну мурад зыщIа бзаджащIэр.
- Хьэуэ, щIалэ! Вэсэмахуэ апхуэдэ упщIэ зэпта боксерыр сыкъыумыцIыхужауэ ара?! Абы щыгъуи бжесIатэкъэ тутын сызэремыфэр.
- Тхьэм щхьэкIэ къысхуэгъэгъу. Си накIэ щIэбудар бэгауэ си нэхэр къыщIэплъыркъыми, зэуэ укъысхуэцIыхужакъым, - жеIэ мыдрейм, шынауэ кIэкуакуэу.
* * *
Анэр и къуэм йошхыдэ:
- Уи дневникым «тIу» фIэкIа иткъым нобэ гуэрым. Сыт иджы къэбгупсысынур, сыт щхьэусыгъуэу пщIынур?
- ЗэкIэ зыми схутеубыдэркъым: е сыкъэзылъхуахэм къысхамылъхьэфа гуэрщ е ди унагъуэм илъ зэфIэмыхьэныгъэхэрауэ жысIэну си мурадт.
* * *
ЗэныбжьэгъуитI зопсалъэ:
- Ахъшэ гъэпщкIупIэу сщIы псори си фызым къегъуэт. Уэри уи щхьэгъусэм къыумыгъащIэ дэдзыхыгъэхэр уиIэу къыщIэкIынщ, дауи… Чэнджэщ гуэр къызэт, - жеIэ зым.
- Сэ зэрысщIым хуэдэу щIыи зэфIэкIащ.
- Нэхъ тэмэму жыIэт. Дауэ зэрыпщIыр?
- Сэ ахъшэр дыжын хуей си лъэпэдым изолъхьэ. Мы дунейм теткъым ар абы зэрыпхуеIусэн!
* * *
Илъэс щырыщ фIэкIа мыхъу хъыджэбз цIыкIуитI зопсалъэ:
- ПщIэрэ, си анэм сабий къищэхуащи, къагъэпцIауэ къелъытэ.
- Сыт апхуэдэу ущIигугъэр?
- Махуэ къэс ар ешэчри.
* * *
- ЩIымахуэм машинэм пыIэ ящхьэрыгъыу ис цIыхухэр согъэщIагъуэ…
- ЕплъыIуэ: абыхэм я анэхэр ябгъурыс къыщIэкIынщ.
* * *
Анэр и къуэ еIуящIэм йошхыдэ:
- Апхуэдэурэ зыпщIынумэ, умыдэIуэнумэ, щIалэфI цIыкIукIэ укъэсхъуэжынущ, къыбгурыIуа?!
- Ар къомыхъулIэн Iуэхущ! - педзыж ягъэфIэща сабийм.
- Ар сыт щхьэкIэ? – къоуIэбжь анэр.
- Апхуэдэ делэ щыIэ, щIалэ зэраншу цIыкIу пIихыу жыIэдаIуэ къуитыну?!
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1933.txt"
} |
ДУНЕЙМ ЩЫХЪЫБАРХЭР
Мы махуэхэм
Накъыгъэм и 21, мэрем
♦Кавказ зауэм хэкIуэда адыгэхэм я фэеплъ махуэщ. Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и Совет Нэхъыщхьэм 1992 гъэм мазаем и 7-м къищта унафэм ипкъ иткIэ ягъэуващ.
♦Хьэршым и дунейпсо махуэщ
♦ЗызэхэщIыкIынымрэ зыужьыныгъэмрэ яхуэгъэпса щэнхабзэ зэмылIэужьыгъуагъэм и дунейпсо махуэщ
♦Урысейм и ВМФ-м и Хы Щэху флотым и махуэщ
♦Дзэ зэдзэкIакIуэм и махуэщ
♦Полярникым и махуэщ
♦БТИ-м и лэжьакIуэм и махуэщ
♦Черногорием и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ
♦1904 гъэм Париж къыщызэрагъэпэщащ Футболым и дунейпсо зэгухьэныгъэр - ФИФА-р.
♦1937 гъэм дунейм щыяпэу мылылъэ щIыналъэм лэжьэн щыщIидзащ Совет Союзым ей «Северный полюс-1» станцым.
♦2004 гъэм Налшык къыщызэIуахащ Кавказ зауэм хэкIуэда адыгэхэм я фэеплъ.
♦1921 гъэм къалъхуащ совет физик, академик, цIыхухэм я хуитыныгъэхэм я къыщхьэщыжакIуэ, Нобель и цIэр зезыхьэ саугъэтыр зыхуагъэфэща Сахаров Андрей.
♦1924 гъэм къалъхуащ совет тхакIуэ цIэрыIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Хэкум и пащхьэм щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденым и етIуанэ нагъыщэр зрата Васильев Борис.
♦1934 гъэм къалъхуащ совет режиссёр, сценарийхэр зытх, РСФСР-м и цIыхубэ артист Панфилов Глеб.
♦1937 гъэм къалъхуащ совет актрисэ цIэрыIуэ, Куржымрэ Армениемрэ я цIыхубэ артисткэ Чиаурели Софико.
♦1951 гъэм къалъхуащ къэрал къулыкъущIэ, УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэ Чайкэ Юрий.
♦1949 гъэм къалъхуащ совет актрисэ, УФ-м и цIыхубэ артисткэ Полищук Любовь.
♦1955 гъэм къалъхуащ Урысей Федерацэм зыхъумэжыныгъэмкIэ и министр, УФ-м и ЛIыхъужь Шойгу Сергей.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 29 - 31-рэ, жэщым градус 17 - 18 щыхъунущ.
Накъыгъэм и 22, щэбэт
♦Биологие зэмылIэужьыгъуагъэм и дунейпсо махуэщ
♦Псыгуэнхэр гъэлэжьэным епха индустрием и махуэщ
♦1856 гъэм иджы Третьяковым и цIэр зезыхьэ галереер къызэрагъэпэщащ.
♦1892 гъэм инджылыз дзэ дохутыр Шеффилд Вашингтон дзэлъэщI пIастэ зэрылъ тюбикыр къигупсысащ.
♦1911 гъэм Бельгием щыщ Тюэн къалэм къыщызэрагъэпэщащ Кинологхэм я дунейпсо зэгухьэныгъэр.
♦1940 гъэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и УказкIэ къащтащ «Гъубжэрэ Уадэрэ» медалыр, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужьым иратыр.
♦1813 гъэм къалъхуащ нэмыцэ композитор цIэрыIуэ, дирижёр Вагнер Рихард.
♦1859 гъэм къалъхуащ инджылыз дохутыр, тхакIуэ цIэрыIуэ Конан Дойл Артур.
♦1913 гъэм къалъхуащ совет композитор, пианист цIэрыIуэ, дирижёр, СССР-м и цIыхубэ артист Богословский Никитэ.
♦1914 гъэм къалъхуащ Тыркум щыщ спортсмен, Европэм бэнэкIэ хуитымкIэ и чемпион, 1948 гъэм екIуэкIа Олимп Джэгухэм дыжьын медаль къыщызыхьа Джандемыр (Гугъэв) Адыл.
♦1924 гъэм къалъхуащ франджы уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, актёр, тхакIуэ Азнавур Шарль.
♦1941 гъэм къалъхуащ совет киноактёр, режиссёр, сценарийхэр зытхыу щыта, Украинэм и цIыхубэ артист Олялин Николай.
♦1946 гъэм къалъхуащ Германием щыпсэу адыгэхэм ящыщ, филологием и доктор, ЩIДАА-м и академик Озбек (Едыдж) Батырай.
♦1986 гъэм къалъхуащ урысей фигуристкэ, УФ-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер, Олимп Джэгухэм тIэунейрэ я чемпионкэ Волосожар Татьянэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 28 - 29-рэ, жэщым градус 18 - 19 щыхъунущ.
Накъыгъэм и 23, тхьэмахуэ
♦Шылъэгум и дунейпсо махуэщ. А псэущхьэхэм я бжыгъэр дунейм мащIэ зэрыщыхъуар, ахэр хъумэным хуэгъэза Iуэхухэр икIэщIыпIэкIэ къызэгъэпэщын зэрыхуейр я тегъэщIапIэу, а махуэр США-м щагъэувауэ щытащ 2000 гъэм.
♦Азербайджаным щагъэлъапIэ экологиемрэ щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэр хъумэнымкIэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэм я махуэр
♦Таджикистаным и щIалэгъуалэм я махуэщ
♦1769 гъэм франджы инженер Куньо Николэ зы сыхьэтым километри 5 зыкIу япэ автомашинэр зэпкърилъхьауэ щытащ.
♦1879 гъэм урыс тхакIуэ цIэрыIуэ Тургенев Иван «Оксфорд университетым щIыхь зиIэ и доктор» цIэр къыфIащащ. Дуней псор къапщтэми, тхакIуэхэм ящыщу аращ а цIэр япэ дыдэу зыхуагъэфэщар.
♦1801 гъэм инджылыз инженер Тревитик Ричард бахъэкIэ зекIуэ автомобиль къигупсысащ. Абы зы сыхьэтым километр 14,5-рэ икIуфырт.
♦1904 гъэм Венэ (Австрие) къыщызэIуахащ алыдж-урым бэнэкIэмкIэ япэ дунейпсо чемпионатыр.
♦1949 гъэм ФРГ-м и Конституцэр (Закон нэхъыщхьэр) къащтащ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ хэIущIыIу ящIащ Германие Федеративнэ Республикэ къызэрыунэхуар.
♦1707 гъэм къалъхуащ Швецием щыщ щIэныгъэлI цIэрыIуэ, а къэралым щIэныгъэхэмкIэ и академием и япэ президенту щыта, къэкIыгъэхэр, псэущхьэхэр класс-классурэ япэу зэхэзыгъэщхьэхукIа Линней Карл.
♦1921 гъэм къалъхуащ совет кинорежиссёр цIэрыIуэ, СССР-м и цIыхубэ артист, Хэку зауэшхуэм хахуэу зэрыхэтам и дамыгъэ куэд зыхуагъэфэща Чухрай Григорий.
♦1951 гъэм къалъхуащ шахматист цIэрыIуэ, дуней псом и чемпион, СССР-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер, УФ-м и Къэрал Думэм и депутату щыта Карпов Анатолий.
♦1955 гъэм къалъхуащ адыгэ хьэрычэтыщIэ цIэрыIуэ, «Шиферник» ОАО-м (Краснодар) и генеральнэ директор Сагуэ Хьид.
♦1959 гъэм къалъхуащ урысей актрисэ, теленэтынхэр езыгъэкIуэкI, УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ Гузеевэ Ларисэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 26 - 27-рэ, жэщым градус 17 - 18 щыхъунущ.
Накъыгъэм и 24, блыщхьэ
♦Славян тхыбзэмрэ щэнхабзэмрэ я махуэщ. УФ-м и мызакъуэу, ар щагъэлъапIэ славян лъэпкъхэр щыпсэу къэралхэми.
♦Паркхэм я европэпсо махуэщ
♦Европэм щагъэлъапIэ зэгъунэгъухэм я махуэр
♦1844 гъэм телеграф IэмалкIэ япэ хъыбарыр зэбгригъэхащ США-м щыщ Морзе Сэмюэл. Вашингтон иригъэхри абы телеграммэ игъэхьат Балтимор къалэм.
♦1900 гъэм «Аврора» кхъухьыр Санкт-Петербург деж псым япэу щытехьащ. Абы метри 127-рэ и кIыхьагът, метр 16,8-рэ и бгъуагът. Крейсерыр псым щытраутIыпщхьэм кърихьэлIат Урысейм и пащтыхь Николай ЕтIуанэр.
♦1925 гъэм дунейм къытехьащ «Комсомольская правда» газетым и япэ номерыр.
♦1932 гъэм Ленинградрэ Москварэ яку дэлъ уэгу гъуэгуанэм техьащ пощтым и хьэлъэхэр зыгъэIэпхъуэ кхъухьлъатэхэр.
♦1956 гъэм Луганэ (Швейцарие) япэу щызэхэтащ уэрэджыIакIуэхэм я «Евровидение» дунейпсо зэпеуэр.
♦2003 гъэм Москва и Ут Плъыжьым япэ дыдэу концерт щитащ «Биттлз» гуп цIэрыIуэм хэта Маккартни Пол. Абы и творчествэм дихьэххэм ящыщу цIыху мин 25-м нэблагъэ игъэгуфIащ а пщыхьэщхьэм. Концертым еплъахэм яхэтащ УФ-м и Президент Путин Владимири.
♦2008 гъэм Урысейр щытекIуащ уэрэджыIакIуэхэм я «Евровидение» дунейпсо зэпеуэу Сербием и къалащхьэ Белград щекIуэкIам. Ди къэралым и тхыдэм апхуэдэ къызэрыщыхъуар а зэрщ, ар зыхузэфIэкIари ди лъахэгъу, КъБР-м и цIыхубэ артист Билан Димэщ.
♦1819 гъэм къалъхуащ Инджылызым и пащтыхь гуащэу (1837 - 1901 гъэхэм) щыта Викторие.
♦1905 гъэм къалъхуащ урыс тхакIуэшхуэ, Нобель, Ленин саугъэтхэм я лауреат, СССР-м и Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща, Социалист Лэжьыгъэм тIэунейрэ и ЛIыхъужь Шолохов Михаил.
♦1918 гъэм къалъхуащ Совет Союзым и ЛIыхъужь Иуан Хьэсэн.
♦1926 гъэм къалъхуащ Тыркум щыпсэу адыгэхэм ящыщ спортсмен, 1948 гъэм екIуэкIа Олимп Джэгухэм бэнэкIэ хуитымкIэ чемпион щыхъуа Бильге Газанфер.
♦1940 гъэм къалъхуащ шэрджэс усакIуэ, тхакIуэ Анзор Мухьэмэд.
♦1940 гъэм къалъхуащ урыс усакIуэ, Нобель и саугъэтыр зрата Бродский Иосиф.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 23 - 24-рэ, жэщым градус 16 - 17 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Дзы зиIэм дзы хуаIуатэркъым.
Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1934.txt"
} |
КъБР-м и цIыхубэ артист Къаздэхъу СулътIан
Зыми емыщхь
Пасэу белджылы къэхъуат Къаздэхъу СулътIан гъуазджэм зэрыдихьэхыр: школ самодеятельностым хэтт, езыр къыщалъхуа Ислъэмей къуажэм икIыурэ Бахъсэн кIуэрти, ЩэнхабзэмкIэ унэм щагъэлъагъуэ спектаклхэм еплъырт. Налшыки щынэс щыIэт, театрым еплъын папщIэ. Тэмэму ящIащ Москва кIуэуэ актёру еджэну мурад зыщIа СулътIан нэхъыжьхэр зэрыпэрымыуар.
МОСКВА Луначарскэм и цIэр зезыхьэ и театр институтыр 1958 гъэм Къаздэхъу СулътIан щIыгъуу къаухауэ щытащ цIыху пщыкIублым. ЗэщIэгъэуIуауэ, гугъэшхуэ уагъэщIу къэкIуэжащ ахэр псори лъэпкъ театрым.
Нэхъыщхьэр - зэчийрщ, сценическэ Iэзагъырщ. Ауэ ари зыми щыщкъым, театрыр гукIи псэкIи фIыуэ умылъагъумэ, абы сытым дежи ухуэпэжу ущымытмэ.
СулътIан щIалэ лъагэкъым, и нэгур угъурлыфэщ, и макъыр щабэщ, езыр Iэдэбщ. Абы ищIащ цIыху ткIийм икIи пхъашэм, хьилэшым икIи бзаджэм, жэрдэмыншэм икIи псэ махэм - кIэщIу жыпIэмэ, я дуней тетыкIэкIи, я лэжьыгъэкIи, я псэукIэкIи зэмыщхь цIыху Iэджэм я теплъэхэр. Ауэ зыми жиIакъым СулътIан и лэжьэкIэм фэрыщIагъ хэлъу, ролым пэмылъэщауэ.
Шэч хэлъкъым - фIыщ актёрым адрейхэм къазэрыщхьэщыкI хъэтI, езым и Iуэху бгъэдыхьэкIэ иIэжмэ. Къаздэхъур адрейхэм ещхь зымыщI и хъэтIщ дэтхэнэ зы ролми щIэ зэрыхилъхьэфыр. Ар хуэхейщ зыгуэрым зыпыщIыжыным. СулътIан щыджэгуащ спектакль куэдым - псори тIощIрэ пщIым щIегъу. Абыхэм я нэхъыбэм роль нэхъыщхьэхэр щигъэзэщIащ.
Къаздэхъум актёр зэфIэкI зэрыбгъэдэлъым щыхьэт тохъуэ классическэ пьесэхэми (Островский А. Н. и «Гу пщтырым», Мольер и «Хуэмыхъуу Iэзэ ящIам», Флетчер и «Фыз къэгъэIурыщIэкIэм», нэгъуэщIхэми), совет драматургхэм я пьесэхэми (Злобиным и «Махуэ телъыджэм», Розовым и «Гъуэгу махуэм», Вишневскэм и «Псэ зэпылъхьэпIэ илъэсым», Шолоховым и «ЩIыщIэ къэIэтам»), адыгэ драматургхэм ятха пьесэхэм япкъ иткIэ ягъэува спектаклхэми ехъулIэныгъэкIэ ар зэрыщыджэгур.
Актёрым куууэ зыхещIэ дэтхэнэ пьесэри зытеухуа Iуэхугъуэр, абы къыхэкIыуи сыт хуэдэ ролми бгъэдыхьэкIэ тэмэм къыхуегъуэтыф. Псом хуэмыдэу ар наIуэ щыхъуащ «Фыз къэгъэIурыщIэкIэм». СулътIан зи роль игъэзэщIа капитан Перец щхьэщытхъум фадэр фIэфIщ, езыр мыщIыжьщ, гурбиянщ. Ауэ зи псэр къабзэ цIыхущ. ФитI-бзитIу, гущIэгъуншэу, гъэпцIакIуэу яхэткъым ар цIыхухэм. Абы и гур зэIухащ. Къаздэхъум пэжагъышхуэ хэлъу къигъэлъэгъуащ ар. А ролымкIэ СулътIан жиIэ хуэдэщ: «Ари цIыхущ, гъащIэ мыхъу мыщIэм зэрызэIигъэхьар и дагъуэми».
Вишневский Всеволод и «Оптимистическая трагедия»-р совет пьесэ нэхъыфIхэм ящыщ зыщ. Къаздэхъум абы Одессит и ролыр щигъэзэщIащ. Пэжу, ар ролышхуэкъым. Ауэ ар ин хъунуми зэрыцIыкIуу къэнэжынуми, зэрыжаIэщи, зэлъытар езы артистырщ. СулътIан хузэфIэкIащ пычыгъуэ тIэкIур ин ищIын. Къаздэхъум и Одесситыр щхьэхуещэщ, и ныбжьэгъу дыдэхэри ищэфынущ езым и сэбэп зыхэлъым щхьэкIэ. Абы и мызакъуэу, ар купщIэншэщ, къэрабгъэщ, зи хущхьэ хъум и бзущ.
«ЩIыщIэ къэIэта» спектаклыр ди театрым и иужьрей илъэсхэм иIа лэжьыгъэ нэхъыфIхэм ящыщ зыщ. Абы роль нэхъыщхьэхэм ящыщ зы щигъэзэщIащ Къаздэхъум – къуажэ Советым и унафэщI Разметнову джэгуащ. Шолоховым и романми абы къытращIыкIа спектаклми гулъытэшхуэ щыхуащI а образым. Ар куэдкIэ къащхьэщокI Давыдов гуащIэми Нагульнов мэхъашэми. Разметновыр къэлыбыгъуафIэкъым, ауэ и Iэдэбагъым щIихъумэркъым и тегушхуэныгъэр. Ар цIыху гуапэщ ныбжьэгъум щепсалъэм деж, гулъытэ яхуещI и къуажэгъу гуащIэрыпсэухэм. Апхуэдэущ Разметновыр дэ Къаздэхъум зэрыдигъэлъагъур. НэгъуэщI роль куэди СулътIан игъэзэщIащ и Iэзагъэм щыхьэт техъуэу.
АтIэ, сыт Къаздэхъум и ехъулIэныгъэхэм я щэхур? Дауи, ищхьэмкIэ щыжытIахэрщ нэхъыщхьэр. Ауэ СулътIан фIыуэ ещIэ актёрым и лэжьыгъэм цIыкIуфIэкIу зэрыхэмылъыр, сценэм къихьа цIыхум и псэлъэкIэкIи, и джэгукIэкIи дагъуэ иIэн зэрыхуэмейр. Къаздэхъур ящыщкъым зи макъым щIэдэIужхэм. Сценэм щитым деж ар зэдаIуэр и гум и макъырщ. Абы и дежкIэ нэхъыщхьэр псалъэм и IукIэракъым, абы щIэлъ гупсысэрщ. Къаздэхъу СулътIан хущIокъу и джэгукIэкIи, и бэкъуэкIэкIи, и зыIыгъыкIэ псомкIи а гупсысэр сценэм къыщигъэлъэгъуэну.
КЪАМБИЙ Зуфар.
1978 гъэ
Гъунэгъу телъыджэ
ЕджапIэм сыкъикIыжу театрым къыщызгъэзэжам япэ дыдэу къысIущIауэ щытар СулътIанщ. Театрым щIалэгъуалэ и мащIэу, ещанэ студиер Москва ягъэкIуа къудейуэ арати, лэжьыгъэм псынщIэу сыпэрыуващ.
СПЕКТАКЛЬ екIуэкIхэм псынщIэ дыдэу сыхашэрт, щIэ ягъэувахэми ролыншэ сыщыхъуртэкъым. Мис а лъэхъэнэм гъуэгугъэлъагъуэ, чэнджэщэгъу, театрым и щэху мытхахэм нэIуасэ сахуэзыщIар СулътIант. Къалэм фэтэр зэрыщызимыIэм къыхэкIыу, къуажэм кIуэр-къэкIуэжу сылажьэрт.
Театр лэжьыгъэр зэрыгъэщIэгъуэным хуэдэу, абы и ухуэкIэри мыдрейхэм ещхьтэкъым, пщэдджыжьым сыхьэтыр пщIым щIэбдзэрти, сыхьэтитI хъуху репетицэт, абы иужькIэ пщыхьэщхьэ хъуху сыхьэтищ-плIыкIэ зыбгъэпсэхурти, пщыхьэщхьэм къуажэм яшэну спектаклым укърихьэлIэжын хуейт. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, а зэман мащIэм сэ къуажэм сыкIуэжыфыртэкъыми, а сыхьэт зыщыплIыр есхьэкIынымкIэ хуабжьу зыкъысщIигъэкъуащ Къаздэхъум. Езыхэри ехьэжьауэ мыпсэуми, зыщIэсыр «хрущёвкэ» пэш цIыкIуитIми, зэи цIыхуншэ хъуртэкъым СулътIан и унагъуэр, апхуэдэ дыдэуи я Iэнэр ерыскъыншэтэкъым. Мызэ-мытIэу щызгъуэтащ абы щхьэегъэзыпIэ, гувауэ спектаклыр иухамэ, нэху сыкъыщригъэкIыуи щытащ. Репетицэ нэужьым дыкъанэрт театрми, си ролым зэгъусэу дел жьырт.
Лэжьыгъэм щыщIэбдза лъэхъэнэм зыкъыпщIэзыгъэкъуа цIыхур пщыгъупщэ хъун-тIэ? ИужькIэ зэман докIри, сэри лэжьыгъэм сыхэзэгъауэ, актёрыным нэмыщI режиссёрынми сыщыхыхьэм, япэ дыдэу згъэувар Иоселиани Отар и пьесэм къытесщIыкIа спектаклырати, дауи, СулътIан хэзгъэхьащ. Шэт Николай и пьесэ «Сыт и уасэ лъагъуныгъэр?» щызгъэувми, дызэдэлэжьащ икIи а спектаклым дыщызэдэджэгуащ.
Зэман докIри, фэтэр къызат, СулътIан и бынунагъуэр пэш зэв цIыкIуитIым къыщIешри, зы унэ дыщIохуэ, дыщIэхуэ къудей мыхъуу, зы къатым дытохуэ, дэ унагъуитIым фIэкIа темысу.
Мис абдежщ сэ къыщызгурыIуар гъунэгъуфI жыхуаIэр зыхуэдэр. Унэ дызыщIэхуар артистхэмрэ дохутырхэмрэ зэдагуэшу арати, щIэсхэри псынщIэу дызэрыцIыхури, «хьэблэ цIыкIу» зыфIэтщыжауэ дыпсэуащ. Гуп зэхэшэу, хьэблэ зэрыIыгъыу, дифIри ди Iейри зэрыщIэу дыпсэуным елIэлIар СулътIанрэ абы и щхьэгъусэ Русланэрэщ.
Хуабжьу зэдекIуу, зыр зым щIэгъэкъуэн хуэхъуу я гъащIэ мащIэр зэдахьащ а тIум, я псэхэр зэпэIэщIэу псэуфыну къыщIэкIынтэкъыми, зэрагъэхьышхуэ щымыIэу, зэкIэлъехыжащ дунейм. Хьэблэр апхуэдизу а тIум зэрагъэIыгъырти, зыгуэрым къишэмэ е ипхъу иригъашэмэ, а Iуэхугъуэм елIалIэхэрт езыхэм яйм хуэдэу. Егъэлеяуэ Iэтауэ, телевиденэмкIэ трахыу дгъэлъэпIащ унэр къызэрыдатрэ илъэс 20 щрикъури, илъэс 25-рэ щыхъури. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, абыхэм я зэхэублакIуэу щытари а тIурщ.
СИ ПСАЛЪЭМАКЪЫР гъунэгъум тезухуами, СулътIан и гуащIэми фIыуэ сыщыгъуазэу щытащ. ДжэгуакIуэшхуэм и зэфIэкIым, абы зэрызиужьым сфIэгъэщIэгъуэну сыкIэлъыплъырт, си лэжьыгъэми ар къалэн къысщищIырти. Режиссёрхэм нэхъ къагъэсэбэпу щытар СулътIан хэлъ комедийнэ зэфIэкIырт, уеблэмэ, образ дыхьэшхэну хъуар абы иратырт гугъу зрамыгъэхьын папщIэ. Актёр Iэзэм а ролыр къызэрехъулIэнур ящIэрти, театреплъхэм я гум зэрынэсын зэфIэкI зэриIэр къагъэсэбэпырт. Ауэ IутIыж Борис и «Тыргъэтауэмрэ» «Эдипымрэ» СулътIан щигъэзэщIа образхэр тлъэгъуа иужькIэ, режиссёрхэми театреплъхэми къагурыIуащ абы и къэухьыр зэрыиныр, узыгъэгупсысэ психологие драмэми, трагедиеми зэрыхуэIэижьыр.
СулътIан и зэфIэкIхэр къыщыгъэсэбэпа хъуащ радиомрэ телевиденэмрэ. Абы къыбгъэдэкIа лэжьыгъэ куэд яIэщ «дыщэ фонд» жыхуаIэм хэхуауэ. Къаздэхъум куууэ иджат, ищIэрт ЩоджэнцIыкIу Алийрэ КIыщокъуэ Алимрэ я IэдакъэщIэкIхэр. И кIэм нэс гукIэ ищIэрт Алим и «Мадинэ» поэмэри, усакIуэшхуэм и тхыгъэхэм къытрищIыкIа композицэ игъэхьэзыращ «Зы актёрым и театр» жыхуаIэхэм хуэдэу, икIи мурад ищIат абы щыгъуазэ ищIыну республикэм курыт еджапIэу итыр.
Ди жагъуэ зэрыхъунщи, а мурад дахэр и кIэм хунэгъэсакъым, игъэлъэгъуэфар спектаклитхущ. «Мы узыр тIэкIу сщхьэщыкIмэ, уэри узигъусэу, республикэм и школ псори къызэхэткIухьынщ», - къызжиIэгъат абы. Хъарзынэ хъунт, абы и лэжьэгъуу щыта нэхъ щIалэхэм а IуэхугъуэщIэр и кIэм нагъэсамэ. Сэ сыщыгъуазэщ а мурадми, си гуапэу сыдэгуэшэнт апхуэдэ гупыж зыщIынухэм.
Куэд илэжьу щытащ икIи хузэфIэкIащ СулътIан хамэ къэрал щыIэ ди лъэп къэгъухэм хуэгъэзауэ. Мызэ-мытIэу ар щыIащ адыгэ щыпсэу къэралхэм, яхуэзащ икIи зыкъыщигъэлъэгъуащ «Адыгэ Хасэ» куэдым. Хэкум къагъэзэжынымкIэ зыбжанэм сэбэп яхуэхъуащ, ахэр иджы унагъуэ хъужауэ ди деж щопсэу. Къаздэхъум и унагъуэр «етIуанэ хэкущ» жаIэу, абы и деж къемыблагъэу, щымыхьэщIэу и шыгъупIастэ яIумыхуэу адыгэ куэдым ягъэзэжакъым.
- СулътIан хуабжьу и нэ къикIыу щытащ илъэс 70 щрикъур игъэлъэпIэну, абы ирихьэлIэу игъэлъэгъуэну лэжьыгъэшхуэ зыбжани иубзыхуат. СощIэж, Къаздэхъум и илъэс хыщI юбилейр зэфIэдгъэкIауэ, мыр къызжиIауэ щытауэ: «Юбилей куэдри фIыкъым, ауэ илъэсипщI къэс зэ узэхуэс хъунущ къэпкIуа гъуэгуанэм уриплъэжыну, пхузэфIэкIар къэппщытэжыну. Шыбг дыкъимыхуэу илъэс блыщIым дынэсарэ, абы и лъагапIэм дытету «зы пшыхьыфI» тщIыжамэ, ара хъунт дэ тхузэфIэкIынур». И псэм ищIа хъунт - къехъулIакъым.
ТХЬЭЗЭПЛЪЫЖ Ислъам,
КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ.
Ди гум щопсалъэ, щогуфIэ, щопсэу
Илъэс тIощIкIэ сыкIэлъыплъащ СулътIан и лэжьыгъэм. А зэманым къриубыдэу абы и зэфIэкIым куэд хигъэхъуащ. «Мыр япэм сцIыхуу щыта Къаздэхъуракъым» щIыжыпIэн щыIэт. ФIы и лъэныкъуэкIэ.
IУТIЫЖ Борис и «Тыргъэтауэ» спектаклым щыслъэгъуа артистыр къысхуэцIыхужыртэкъым. СулътIан игъэзэщIа Шупашэ и ролыр купщIафIэт, зэрыджэгу щIыкIэри уи фIэщ хъурт.
Абы иужькIэ Къаздэхъур удихьэхыу хэтащ «Хьэцацэ дахащэ», «Гуащэмыдэ хьэблэ», «ГушыIэр гушыIэщ», «Фыз цIыкIу къамэшхуэ», «ТIатIушэрэ СатIурэ», «Эдип» спектаклхэм. Илъэс къэси и зэфIэкIым хигъахъуэ зэпытт. Хуэфащэ дыдэуи СулътIан къыфIащащ «Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ артист» цIэ лъапIэр.
Илъэс тIощIкIэ си ныбжьэгъуащ а цIыху гуащIафIэр. Ар хьэлэлт - сом фIэкIа имыIыгъми, къыбдигуэшынут. Ар гумащIэт - хамэ къэрал къикIа ди лъэпкъэгъухэм зэман ятригъэкIуадэрт. Ар езэшыртэкъым - гуп яхэсмэ, усэ къеджэрт, дахэу гушыIэрт, уэрэдыжь къыхэбдзэмэ, къыбдиIыгът.
Сэ мызэ-мытIэу СулътIан и гъусэу гъуэгу сытехьащ. Ар цIыху тыншт, жэщи махуи, илъэс бжыгъэкIэ уригъусами, уигъэзэшынутэкъым.
Илъэс зыбжанэ хъуауэ Къаздэхъу СулътIан щыIэжкъым. Ауэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрыр фIыуэ зылъагъухэм ЦIыхубэ Артистыр ноби я гум щопсалъэ, щогуфIэ, щопсэу.
ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд,
Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ.
Хущхъуэ хъарзынэ
ГушыIэр, жаIэ, Тхьэм и щIасэщ.
Ар зи мыщIасэр щIэх жьы мэхъу.
Жьы зывмыщIынумэ нэхъ пасэу,
Хущхъуэ хъарзынэщ мыр: «Къаздэхъу»…
Хущхъуэгъуэ папщIэу уи лэжьыгъэр
Уэ яхуогуэшыр цIыху къопщIам.
Аращ и щэхур лъагъуныгъэ
Адыгэ лъэпкъым къыпхуищIам.
ДЫГЪУАСЭ хуэдэщ мы усэ кIэщI цIыкIур сэ СулътIан щыхуэстхар, ауэ гущIэгъуншэу ежэкI зэманым зэрыжиIэмкIэ, илъэс 12 мэхъу абы лъандэрэ. Псом нэхърэ нэхъ гуауэу абы хэлъращи, илъэс зытIощIырыпщI хуэдизкIэ ажал Iуэху лъэпкъ зи щхьэ хуумыхьыфыну абы щыгъуэ къытщыхъуу щыта езы Къаздэхъу СулътIан дунейм зэрехыжрэ илъэс бжыгъэ хъуащ.
Актёр Iэзэу, актёр Iэсэу щытауэ къызолъытэ сэ Къаздэхъу СулътIан. СулътIан и актёр Iэзагъым зэран хуэхъуарэ сэбэп хуэхъуарэ Тхьэм ещIэ, ауэ си тхыгъэхэм къытращIыкIа спектаклхэм хэту ар куэдрэ сценэм къызэрихьар Адыгэ театрыр фIыуэ зылъагъу псоми ящIэж, сэри абы хуабжьу сригуфIэу икIи сригушхуэу щытащ.
СулътIан и актёр Iэзагъэм теухуауэ зэ къытезгъэзэжынщи, ар ящыщт птхам нэгъуэщIынэкIэ уезыгъэплъыжыфхэм, ущыгуфIыкIыу, кIуэаракъэ, уригъэхъуэпсэжу ролыр зыгъэзащIэхэм.
СэркIэ гуимыхужщ абы Тыргъэтауэ и адэ Шупашэ и ролыр гукIи псэкIи етауэ игъэзащIэу, тхыгъэм зы «IэфI» гуэр хэлъыххэмэ, ар къеплъхэм, къедаIуэхэм я деж гупсэхуу нихьэсыфу зэрыщытар. Апхуэдэ дыдэу Iэзэу игъэзэщIащ СулътIан «Эдип» пьесэм къытращIыкIа спектаклым хэт Форбас и ролри.
АтIэми, Къаздэхъур цIыхухэм ягу нэхъ къызэринари, и актёр IуэхущIафэм и нэхъыбапIэри абы и гушыIэ, ауан ролхэрщ, комедиехэм щигъэлъэгъуа зэфIэкIырщ. Си тхыгъэхэм къытращIыкIа спектаклхэу «Гуащэмыдэ хьэблэ», «ГушыIэ махуэ апщий!», «ГушыIэр гушыIэщ», «Жьэмыгъуэ - Африкэм» жыхуиIэхэм хэтащ СулътIан. Сэ сытым дежи жызоIэ, ноби жысIэну сыхуейщ: Къаздэхъу СулътIанрэ Мэшыкъуэ Фенярэ а спектаклхэм я ролхэр зэрыщагъэзэщIам хуэдэу зыгъэзэщIэн къэгъуэтыгъуейщ. А артист гъуэзэджэхэм я фIыгъэкIэ си персонажхэу Жьэмыгъуэрэ Хьэжымуридрэ роль-маскэ жыхуаIэ мыхьэнэр щагъуэтауэ къызолъытэ сэ ди театр гъуазджэм.
Сэ си насып къикIауэ къызолъытэ Къаздэхъу СулътIан хуэдэ актер иным си пьесэхэр цIыхухэм я гум, я псэм зэрынихьэсам къыхэкIыу. Срогушхуэ ар си ныбжьэгъуфIу зэрыщытам, зы лэжьапIэ дыIумытами, дызэдэлэжьащ, театр Iуэху къызэдетхьэжьэу, зэфIэтхыу дызэщIыгъуащ, жысIэну сызэрыхуитым.
И актёр Iэзагъэм и закъуэтэкъым Къаздэхъум цIыхур зэрызыIэпишэр. Нэгъэсауэ цIыху угъурлыт, жумартт, хэтыкIэ, дэгъуэгурыкIуэкIэ ищIэрт.
Елбэдым и цIэр зезыхьэ уэрамым тет «хрущёвкэ» гуэрщ СулътIан щыпсэуар. Актёр, къэфакIуэ, музыкант жыпIэми, гъуазджэм и лэжьакIуэ зыкъом щопсэу а унэм. Щопсэу, сэ зэрысщIэмкIэ, я гуауэри я гуапэри зыуэ, я шыгъупIастэ зэIурылъу, я Iуэху дэтхэнэри къызэдаIэту. ЖыпIэнуракъэ, хъуэпсэгъуэу. А псор щIыжысIэращи, Къаздэхъу СулътIанрэ абы и щхьэгъусэ Русланэрэщ (жэнэткIэ Тхьэм игъэгуфIэ, ари дунейм ехыжащ) а зэгъунэгъуфIхэм я нэхъыжьуи Iуэхупэублэуи щытахэр.
Бын и лъэныкъуэкIи я псэхэр щIэгуфIэн лъэужь дунейм къытранащ СулътIанрэ Русланэрэ. я къуэ закъуэ Аслъэн «щэ уэстын, хьэмэ щэ и уасэу зы уэстын?» жыхуаIэм хуэдэщи, нобэрей гъащIэм хъарзынэу хэзэгъауэ къэзылъхуахэм зэрахуэфэщэну мэпсэу, сабийуэ къаIэрыхьэу СулътIанрэ Русланэрэ зэдапIа фIэкIа умыщIэну, Аслъэн и щхьэгъусэ Рити нэгъэсауэ цIыху угъурлыщ, бын дахэ зэдапI. Апхуэдэщ СулътIанрэ Русланэрэ япхъу Ларисэ и унагъуэри. Ларисэ адэм и IэщIагъэр къыхихащ, иджыпсту актёр IэщIагъэмкIэ сабийхэм ядолажьэ.
Мыпхуэдэу сухыну сыхуейт си тхыгъэр. Къаздэхъу СулътIани, СулътIан и ныбжьхэми, ахэр къызыщIэтэджа ди артист нэхъыжьыжхэми я балигъ гъащIэм и нэхъыбапIэр щрахьэкIар, Тхьэм ирещIи, Адыгэ театрыращ, абы нэхъыфIу ялъагъу уни дунейм тетауэ къыщIэкIынукъым. Илъэс мин бжыгъэкIэ адыгэ лъэпкъыр дыхуэкIуауэ жыпIэ хъунущ театр диIэ хъуным (театр унэракъым дэ мыбдежым зи гугъу тщIыр). Зы лIы ныбжь хуэдизи ирикъуакъым а насыпыр дэ зэрыдгъуэтрэ. НтIэ, а насыпыр адэкIи зыхуэхъумэн, нэгъэсауэ лъэпкъым хуэзыгъэблэфын абы епха псо- ри Тхьэм дищI!
IУТIЫЖ Борис,
Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ.
2007 гъэ
Си адэр иужьрейуэ мэджэгу
Дэтхэнэ зы цIыхуми иIэщ гум щигъафIэ гукъэкIыжхэр. АпхуэдэхэмкIэ сывдэгуэшэну сыхуейщ.
ЖЬЫ ХЪУАУЭ зипхъу закъуэр зыфIэкIуэду зи закъуэу къэна лIыжьым и ролыр си адэм «Жын фIыцIэ» спектаклым зэрыщигъэзэщIам сыщеплъар си сабиигъуэрами, нобэр къыздэсым сщыгъупщэркъым. Гузэвэгъуэм иужьыгуа, гъащIэр зыфIэмыIэфIыж лIыжьым губгъуэхэр, мэзхэр, бгыхэр, къуажэхэр къызэхикIухьырт. Апхуэдэу екIуэкIыурэ, зы къуажэ гуэрым щилъэгъуащ и пхъум ещхьу зы хъыджэбз. ЛIыжьым щIидзащ абы щэхуу кIэлъыплъын. ИужькIэ махуэ къэс губгъуэ удз гъэгъахэр хуихь хъуащ. Хъыджэбзым лIыжьым и гузэвэгъуэр зыхуэдэр къищIа нэужь, тхьэмадэм и щытыкIэр къыгурыIуащ икIи адэ гумащIэр пхъум зэрыхущытым хуэдэу къыхущытыну хуит ищIащ. Зэман дэкIа нэужь, хъыджэбзыр щIалэ къулейм щхьэгъусэ хуохъу, ауэ, псэгъу хуэхъуам и унагъуэм ар «зэрапэскъым», унагъуэ бей къызэрыхэмыкIам, и адэр фадэм зэрыдихьэхым, нысащIэр зэрысымаджэм къыхэкIыу. ЩIалэм и унагъуэр хуожьэ нысащIэр лъэныкъуэ ирагъэзыну. Гузэвэгъуэ къызэрыхъунур лIыжьым псэкIэ зыхещIэри, а унагъуэм макIуэ, ауэ хъыджэбзыр дунейм ехыжауэ ирохьэлIэ…
Пхъу хуэхъуа пщащэр щылIэм, лIыжьми щIэпсэун щхьэусыгъуэ имыIэжу къызэрилъытэр и нэгум къищу, гум щIыхьэ гъыбзэ къришу, хъыджэбзыр и IэплIэм илъу утыку къохьэ. А дакъикъэм пэшым щIэсхэр дымат… Сигу узат апхуэдэу дэIэпыкъуэгъуншэу, закъуэныгъэр къытехьэлъэу, зэфIэкIыншэу си адэр щыслъэгъуам. Нэхъ сфIэгуэныхь хъуар си адэрарэ е зи ролыр игъэзащIэ лIыжьырарэ гурыIуэгъуэтэкъым… КъыкIэлъыкIуэ гукъэкIыжыр зэпхар си адэр дунейм ехыжыным ипэ къихуэу сызрихьэлIа Iуэхугъуэрщ. ЛэжьапIэ нэужьым си адэ-анэр слъагъуну сыкIуат. А зэманым я узыншагъэм къимыхьу тIури пIэм хэлът. Си анэм пэшыр къызэпиплъыхьри, жиIащ: «Къаздэхъу, куэд щIауэ унэр зыхуей хуэдгъэзакъым, унэлъащIэхэр жьы хъуащ, зэтхъуэкIамэ фIыт. Зыгуэр къытщыщIрэ цIыхухэр къакIуэм, цIыху цIэрыIуэу щыта щхьэкIэ, фIыуи псэуакъым, унэлъащIэ лъапIи яIакъым, я пэшхэри зехьатэкъым къытхужаIэнщ». Абы и жэуапу си адэм жиIащ: «Умыгузавэ, Русланэ, мылъкукIэ мыхъуми, ныбжьэгъукIэ дыкъулейщ! Дунейм нэхъ лъапIэ дыдэу тетыр - цIыхуращ! Нэхъыщхьэр цIыхум и гукъеуэр щхьэщыпхыфу, зыр зым удэIэпыкъуфу, узэкъуэту упсэунырщ».
А лъапIэныгъэхэр си адэ-анэр псэуху ядэтлъэгъуащ. Си адэр щIэпсэуари щIэлэжьари цIыхухэращ, сценэр абы и гъащIэм къыгуихыртэкъым.
Иужь дыдэу утыку зэрихьам сыкъытемыувыIэн слъэкIынукъым. Иужьрей мазэхэм ар сымаджэщым щIэлъащ. Си адэм и гукъыдэжыр къэзыIэтыф щымыIэу хэплъэрт. Зы пщыхьэщхьэ гуэрым Балъкъыз Валерэ (а зэманым Къэбэрдей драмэ театрым и унафэщIу лажьэрт) сымаджэщым къакIуэри, хъыбар къригъэщIащ IутIыж Борис и творческэ пшыхь зэрыщыIэнум, абы и «УгушыIэнумэ, къеблагъэ» пьесэм щыщ Iыхьэ си адэмрэ Мэшыкъуэ Фенэрэ ягъэзэщIэну программэм зэрыхагъэхьам теухуауэ. Си адэр, дауи, абы арэзы техъуакъым. Балъкъыз Валерэ фIыщIэ хуэсщIыну сыхуейщ си адэм гугъэ езыгъэщI псалъэхэр абы щыгъуэ къызэрыхуигъуэтыфам папщIэ. Валерэрэ сэрэ тщIэрт си адэр СЦЕНЭМ ЗЭРЫЩЫПСЭУР, утыку щиткIэ къаруущIэ къызэрыхэхъуэр. СЦЕНЭМ ЗЭРЫЩЫДЖЭГУНУМ узым ирипэщIэтыну къару къыхилъхьэну хуабжьу дыщыгугъырт. Си адэм театреплъхэм фIыуэ къызэралъагъур, къызэрыпэплъэр къыгурыIуэрти… арэзы хъуащ. И нэм хъуаскIэ къыщIих хъужащ, къару, гукъыдэж къылъыкъуэкIри, жиIэн хуейхэр игу къигъэкIыжу щIидзащ. Спектаклыр щыщыIэну махуэм, машинэ къагъакIуэри, театрым докIуэ. Си адэр зэрысымаджэр и лэжьэгъу артистхэм ящIэрти, джэгуфыну пIэрэ, жаIэу гузавэрт.
Си адэр сценэм щихьэнум пэплъэрт. Сэ зыхэсщIэрт театреплъхэр и джэгукIэмкIэ арэзы имыщIыфыным ар зэрытегузэвыхьыр. Мис сценэм итщ. Си адэр джэгурт, иужьрейуэ утыку зэритыр гукIи псэкIи зыхищIэу. И къару, и гурыгъу-гурыщIэ псор и IэзагъкIэ къигъэлъагъуэу спектаклым еплъхэм ар яхуэупсащ. Абы къыпэкIуащ актёрым и дежкIэ нэхъ лъапIэ дыдэр - пшыхьым кърихьэлIахэм я Iэгуауэ кIыхьыр.
Сценэм икIыжа нэужь, программэр иухыху ар и лэжьэгъухэм я джэгукIэм кIэлъыплъащ. Зигъэпсэхуну жетIа щхьэкIэ, къытхуидакъым. И нэхэм нэщхъеягъуэ къащIихырт, и лэжьэгъухэм, сценэм, театреплъхэм сэлам ярихыж хуэдэт…
Абы сыщыкIэлъыплъым сигу къэкIыжащ «Жын фIыцIэ» спектаклым къарууншэу, дэIэпыкъуэгъуншэу, и пхъур фIэкIуэдауэ, закъуэныгъэр къытехьэлъэу къыхэщ лIыжьыр. Иджы и пхъур абы бгъэдэтт зэгуэрым лIыжьым зыхищIар езым и щхьэкIэ игъэву.
БЫДЭ Ларисэ,
Къаздэхъу СулътIан ипхъу. 2014 гъэ
«Тыргъэтауэ» спектаклым щоджэгу ЖьакIэмыхъу КIунэрэ Къаздэхъу СулътIанрэ.
ТIыхъужь Алийрэ
Къаздэхъу СулътIанрэ. 1995 гъэ
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1935.txt"
} |
Къэбэрдейм и хуитыныгъэм папщIэ
ХVIII лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм Урысейр зи къару илъыгъуэ къэрал лъэщ хъуащ, абы Кавказым щригъэкIуэкI политикэми зихъуэжу щIидзащ. И лъэр Тэрч псым и Iэшэлъашэм щыува нэужь, урыс пащтыхьым мурад ищIащ Кавказ гупэр, псом япэрауэ, Къэбэрдейр, зыIэщIиубыдэну. Къэбэрдейр зыIэщIимыубыдауэ, Кавказ гупэр къыхуэзэунутэкъым Урысейм, Кавказ щIыбри хуэIыгъынутэкъым. Къызлар къыщыщIэдзауэ Мэздэгу нэс быдапIэхэр щаухуащ, бгырысхэм фIаубыда щIым къэзакъ жылагъуэхэр кърагъэтIысхьащ. БыдапIэхэр щIаухуэр гурыIуэгъуэт - бгырысхэм, псалъэм папщIэ, къэбэрдейхэм, ебгъэрыкIуэн щхьэ- кIэт. Къэбэрдеипщхэмрэ лIакъуэлIэшхэмрэ ягу техуакъым я щIыналъэм быдапIэхэр къызэрыращIыхьыр, къэзакъ жылагъуэхэр къызэрырагъэтIысхьэр.
МЭЗДЭГУ быдапIэр Къэбэрдейм къращIыхьа нэужь (1763 гъэм), ар зауэм хэхуащ. Къэбэрдеипщхэр япэуващ я щIыр зэзыпхъуэхэм, ауэ IэщэкIэ яхузэфIэкIаIакъым; Бытырбыху ягъэкIуа лIыкIуэхэми къыхуадакъым Мэздэгу быдапIэр якъутэжын.
Урысеймрэ Тыркумрэ 1774 гъэм зэращIылIа Кючук-Кайнарджий зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ, Къэбэрдейр Урысейм щыщ щIыналъэу ялъытауэ щытащ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, абыхэм унафэ тращIыхьащ къэралитIми я IэмыщIэ имылъ хэкум. Къэбэрдейр къыIэрыхьауэ, езым ей хъуауэ илъытэри, урыс пащтыхьым нэхъри къытрикъузащ абы, дзэр къриутIыпщащ, Мэздэгу быдапIэр якъутэжын дэнэ къэна, Кавказ линиекIэ зэджэр Азов нэс яукъуэдиящ: Къэбэрдейм щаухуащ Екатериноградскэ (1777), Георгиевскэ (1777), Солдатскэ (1779), Тэрчкъалэ (1784) быдапIэхэр, нэгъуэщIхэри. Абыхэм зэпэIэщIэ ящIын хуейт бгырыс лъэпкъхэр, псалъэм папщIэ, къэбэрдейхэмрэ шэшэнхэмрэ. Генерал Медем и пщэ къралъхьауэ щытащ «бгырысхэм яку дыхьэн, ахэр зыр адрейм ириуштын хуейуэ».
Я щIыр фIаубыд щыхъум, къэбэрдеипщхэр урысыдзэм пэуващ, Марьинскэ, Георгиевскэ, Павловскэ, Ставропольскэ быдапIэхэм ебгъэрыкIуащ. Абы щхьэкIэ ахэр ягъэпшынащ урыс дзэпщхэм: генерал Якоби къэбэрдейхэм яригъэпшынащ сом мини 10, Iэщ мини 5, шы мини 2, мэл миниплIрэ щитхурэ яфIиубыдащ - урыс быдапIэхэм зэрытеуам щхьэкIэ. Якоби нэхърэ нэхъ тIасхъэтэкъым адрей урыс дзэпщхэри - Медем, Потапов, Цицианов, нэгъуэщI генералхэри. Къэбэрдей лIакъуэлIэшхэр жыIэщIэ ящIын папщIэ, абыхэмрэ мэкъумэшыщIэхэмрэ зэрызэщагъэхьэным щIэкъу зэпытащ урыс дзэпщхэр. Ищхъэрэ Кавказым ис дзэхэм я Iэтащхьэ генерал Потемкин зэрилъытэмкIэ, «пщыхэмрэ мэкъумэшыщIэхэмрэ зэпэщIэгъэувэн -хуейщ, ахэр зэгурымыIуэн щхьэкIэ».
1774 гъэм къэбэрдейхэм зыкъаIэтащ - пщыхэми мэкъумэшыщIэхэми. Пащтыхьым и дзэм зэрахьэ лейр яхуэшэчыжыртэкъым къэбэрдейхэм. Мин зыбжанэ пэуващ урыс генералхэм, абыхэм пашэ яхуэхъуащ ХьэтIохъущокъуэхэ Исмелрэ Адылджэрийрэ, Къетыкъуэ лъэпкъым щыщ Хьэмырзэ ХьэтIохъущыкъуэ сымэ. Пэува щхьэкIэ, урысыдзэм пэлъэщакъым къэбэрдейхэр, абыхэм я пашэхэр яубыдри хэкум ирагъэкIащ.
1799 гъэм ХьэтIохъущокъуэ Адылджэрий хэкум къихьэжын хузэфIэкIащ, абы шэрихьэт зауэ ярищIылIащ урыс дзэпщхэм. ХьэтIохъущокъуэ Адылджэрий дэшэсащ муслъымэн диным и бэракъым щIэт зауэлIхэри, ефэнды Абыкъу Исхьэкъ я пашэу. Лъэпкъым и нэхъыбапIэр зэкъуагъэувэн яхузэфIэкIащ абыхэм, зэрыпхъуакIуэхэм удын зыбжанэ ирадзащ.
1803 гъэм Кисловодск (Нартсанэ) быдапIэр яухуэн щIадзащ урыс дзэпщхэм, Псыхуабэ и Iэшэлъашэхэм къэзакъ станицэхэр кърагъэтIысхьэн щIадзащ. Къэбэрдейхэм зыкъаIэтащ аргуэру, лъэпкъым и нэхъыбапIэр зэщIэшэсащ. Генерал Глазенап къэбэрдейхэр зэтрикъутащ, къэбэрдей жылагъуэ 80-м щIигъу игъэсащ.
Къэбэрдейм быдапIэхэр къращIыхьын зэпагъэуакъым урыс дзэпщхэм. Къэбэрдейхэр нэхъри дакъузэн щхьэкIэ, быдапIэхэр щаухуэр адыгэ къуажэхэм я гъунэгъуут, абы къыхэкIкIэ адыгэхэм я щIыр кIуэ пэтми къэбзыхьа хъурт, я вапIэхэр, хъупIэхэр, мэкъупIэхэр яфIэкIуэдырт.
1810 гъэм мэлыжьыхь мазэм Къэбэрдейм къызэригуащ генерал Булгаковым и дзэр. Зауэ гуащIэхэр щекIуэкIащ Бахъсэн, Щхьэлыкъуэ, Шэджэм, Налшык псыхъуэхэм. Мэлыжьыхь мазэм и кIэм Булгаковым гъусэ хуэхъуащ генерал Дельпоццэ и дзэри. Абыхэм ягъэсащ къэбэрдей жылагъуэ 200. Къэбэрдей къуажэхэр зэтригъэсхьа къудейкъым генерал Булгаковым - зэрыхузэфIэкIкIэ ихъунщIащ. Адыгэпщхэм Бытырбыху зэратхамкIэ, генерал хъунщIакIуэм, лъы зэригъэжам нэмыщI, игъэса жылагъуэхэм дихуащ Iэщ 6150-рэ, шы 515-рэ, хыви 125-рэ, мэл мин 44-м щIигъу; Булгаковым икъутащ унэ 9585-рэ, мэжджыти 111-рэ, къутыр мин. Къэбэрдей жылагъуэхэр щихъунщIэм, Булгаковым Iэрыхьащ фоч, сэшхуэ, къамэ, афэ джанэ куэд, гъавэу гу 1420-рэ.
КАВКАЗ лъэпкъхэм къращIылIэ зауэр 1816 гъэм щыщIэдзауэ нэхъри зэщIэплъащ, абы унэтIыныгъэщIэ игъуэтащ - а гъэм дзэпщ къулыкъур и пщэ далъхьащ Кавказ зауэм и тхыдэм щыцIэрыIуэ генерал Ермолов А.П. «Бгырысхэр игъэбэяун щхьэкIэ», генерал гущIэгъуншэм къимыгъэсэбэпа Iэмал къэнэжакъым. Ермоловым зэрилъытэмкIэ, бгырысхэр залымыгъэ защIэкIэ дэкъузэн хуейт, ахэр уи IэмыщIэ пхуиубыдэнутэкъым Iэщэрэ залымыгъэкIэ фIэкIа. Абы щхьэкIэ быдапIэхэр дэнэ лъэныкъуэкIи щыухуэн хуейт, бгырысхэм я щIыр яфIэубыдауэ къэзакъ жылагъуэхэр игъэтIысхьэн хуейт. Аркъудейкъым: я хьэсэхэмрэ я гъавэмрэ бгъэсмэ, бгырысхэр IумпIафIэ хъунут - аращ Ермоловым и дзэм къалэн ящищIар. Дзэр ебэкъуакъым абы и унафэм: Ермоловым и зэманым бгырыс лъэпкъхэм, псалъэм папщIэ, къэбэрдейхэм, къыкIэлъызэрахьа залымыгъэм гъуни нэзи иIэкъым - а зэманырщ Къэбэрдейм и щIыналъэм и нэхъыбапIэр щыфIэкIуэдар.
1821-1822 гъэхэм пащтыхьым и дзэм бгы лъапэхэм нэс зыщиукъуэдиящ, Балъкъ, Бахъсэн, Шэрэдж, Урыху псыхъуэхэм быдапIэхэр дащIыхьащ, къэбэрдейхэр бгым ираубыдащ, тафэхэм щаIэ гъавэщIапIэхэмрэ хъупIэхэмрэ пэIэщIэ ящIащ ахэр. Дзэм и штаб нэхъыщхьэм и Iэтащхьэм 1822 гъэм бадзэуэгъуэ мазэм и 28-м Къэбэрдей линием (Къэбэрдейм иращIыхьа быдапIэхэм) теухуауэ Ермоловым хуитхащ: «Абыхэм къаухъуреихьын хуейщ къэбэрдеищIыр». Ермоловым зэрилъытэмкIэ, къэбэрдейхэм къытраха щIым «ибгъэтIысхьэ хъунущ урыс жылагъуэхэмрэ къэзакъхэмрэ».
Къэбэрдейхэм я щIыр къызэрибзыхьар, зэрафIиубыдар фIэмащIэ хъуащ Ермоловым: лъэпкъ Iуэхухэми лъэпкъ унафэхэми къыхэIэбащ, «ПIалъэкIэ лажьэ Къэбэрдей судкIэ» зэджэр къызэригъэпэщри. Къэбэрдейм и унафэр абы IэщIалъхьащ, къэбэрдейхэм къыхуагъэнар я унагъуэ Iуэхухэм я закъуэщ.
Зи цIэ къитIуа быдапIэхэр я хэкум къызэрыращIыхьам, Балъкърэ Псыжьрэ дэса жылагъуэ куэд зэрызэхакъутам, я лъапсэм зэрырахуам къызэщIаIэтащ къэбэрдейхэр, быдапIэхэм ебгъэрыкIуащ, Круглолесскэ, Солдатскэ станицэхэр зэхакъутащ. Ермоловыр зэуакIуэ къежьэри, жылагъуэ куэд игъэсащ. Псыжь Iэпхъуа лIакъуэлIэшхэм я IэмыщIэ илъа пщылIхэр «щхьэхуит» хъуауэ игъэIуащ Ермоловым. Генерал бзаджэм абыкIэ и мурадыр гурыIуэгъуэт - лъэпкъыр игъэплъэкъуэнрэ къэбэрдейхэр езыр-езыру зэщигъэхьэжынымрэт ар зэщэр. Пщыхэм я унафэм щIэта мэкъумэшыщIэхэр «щхьэхуит» хъуауэ илъытэри, Ермоловым пщыхэр къигъэгугъащ Iэщэр ягъэтIылърэ я пIэ итIысхьэжмэ, япэм яIа хуитыныгъэ псори яритыжыну. Ар зи фIэщ мыхъуа пщыхэм Iэщэр ягъэтIылъакъым, Псыжь адрыщI Iэпхъуэри Инжыджрэ Уарпрэ я тIуащIэм зэщагъэбыдащ, абыхэм къэбэрдей хьэжрэткIэ еджэ хъуащ. 1825 гъэм къыщыщIэдзауэ, къэбэрдей хьэжрэтхэр зэпымыууэ езэуащ пащтыхьым и дзэм.
ПАЩТЫХЬ правительствэм фIыуэ ищIэрт кавказ бгырысхэр я хуитыныгъэм щыщIэзэу зэманым Къэбэрдейм мыхьэнэуэ иIэр. Урыс дзэпщхэм зэралъытэмкIэ, 1825 гъэм и ужькIэ Къэбэрдейм къару щIагъуэ имыIэжми, абы и пщIэр иджыри щылъагэт бгырыс лъэпкъхэм я деж, къэбэрдеипщхэр чэнджэщэгъу ящIырт абыхэм, ахэр хуеймэ, бгырысхэр къызэщIаIэтэфынут, унафэр IэщIахами, арат абыхэм уатеплъэкъукI щIэмыхъунур. Къэбэрдейр дакъузэн, я IэмыщIэ ираубыдэн яхузэфIэкIами, урыс дзэпщхэм дзыхь хуащIыртэкъым Къэбэрдейм, ар зауэм хыхьэжмэ, бгырыс лъэпкъхэр нэхъри ерыщ екIуэнкIэ зэрыхъунур къагурыIуэрти. 1846 гъэм хьэкъ ящыхъуащ ар урыс дзэпщхэм: а гъэм и мэлыжьыхь мазэм Дагъыстанымрэ Шэшэнымрэ я Iимам Щамил, зауэлI мин 20 щIыгъуу, КъэбэрдеймкIэ къиунэтIащ, ар гъусэ къыхуэхъумэ, къуршым щхьэдэх Куржы гъуэгури иубыдын, Псыжь адрыщI ис шэрджэсхэми запищIэн мурад ищIауэ.
Щамил и мурадыр къехъулIакъым: Тэрч къэсауэ, дзэшхуэ щыпагъэувым икIуэтыжын хуей хъуащ. Къэбэрдей мэкъумэшыщIэ куэдым зыщIагъуащ Щамил, пщырэ уэркъыуи 37-рэ гъусэ хуэхъуащ, абыхэм яхэтащ къэбэрдей лIакъуэлIэш цIэрыIуэ Анзор Мыхьэмэтмырзэ, ар Шэшэн ЦIыкIум и нэIиб (Iэтащхьэ) ищIащ Iимамым.
Пащтыхь правительствэр игъэгузэващ къэбэрдей куэд Щамил гъусэ зэрыхуэхъуам - Iимамым IупэфIэгъу дэхъуахэм унафэ ткIий тращIыхьауэ щытащ.
Кавказ зауэм зэрыхадзэ лъандэрэ Къэбэрдейр зыщIэбэнар и хуитыныгъэрщ, хэкур зэрыпхъуакIуэхэм я IэмыщIэ зэримыхуэнырщ, и щIыналъэр зэрихъумэнырщ.
ДЗЭМЫХЬ Къасболэт,
тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ.
Май мазэм нэхърэ нэхъ дахи дэнэ къипхын. Адыгэхэм абы щхьэкIэ накъыгъэ мазэ жаIэ. Удзхэр щыгъагъэ, дунейм и дахэгъуэ, и щIэрэщIэгъуэ жыхуиIэщ. Ауэ а мазэ дахэм и 21-р ди лъэпкъым и махуэ фIыцIэу щыгъын фIыцIэ зыхущатIагъэщ. Адыгэм хэкукъутэр къытхэзылъхьа Урыс-Кавказ зауэр щиуха щыгъуэ махуэщ.
ЦIЫХУМ щагъэпщкIуу щыта тхыгъэ куэд зауаем теухуауэ къыдэкIыжащ иужьрей илъэс зыбгъупщIым, ауэ тхылъ мин бжыгъэкIи нэсу пхуэIуэтэжыну къыщIэкIынтэкъым адыгэ лъэпкъым абы щыгъуэ къытепсыхауэ щыта гуауэшхуэм и пэж псор. АтIэми, хъарзынэщ апхуэдэ тхылъхэр зэрыщыIэр. ЦIыхухэр зэгуэр зыщIэгупсысыжынкIэ, нэхъ лей ин дыдэу дунейм къыщыхъуахэм щхьэкIэ Iичрам къахьыжынкIэ хъумэ, абыхэм кърагъуэтэнщ ди лъэпкъ тхыдэм и пэж куэд…
Къэтхьынщ зы щапхъэ закъуэ. Къудащ Елбэздыкъуэ зэритхыжымкIэ, инэрал Глазенап зи дзэпщ зэрыпхъуакIуэхэм зы теуэгъуэм хуэзэу зэтрагъэсхьауэ, зэтраукIауэ щытащ адыгэ жылагъуэу 80-м щIигъу!.. Гуузу зэтраукIахэм яхэтащ кхъахэ хъуа лIыжь-фызыжьхэри, быдзышэр зыIурымыгъущыкIа сабийхэри, зи къэшэгъуэ дахэу щIалэ зэкIужхэри, зи унэ ихьэгъуэ хъыджэбзхэри. Ауэ щыхъукIэ, къуажэ пщIейкъым пащтыхь инэрал лIыукIыр зи пашэ зэрыпхъуакIуэхэм абы щыгъуэ зэтрагъэсхьар, зэтраукIар зэрыхъур. Абыхэм къатеп-щIыкIыжын хуея адыгэ минищэ бжыгъэхэри тхагъэщIащ, я къуэпсхэр ягъэгъуащ.
Къэбэрдейр яшха нэужь, лъапсэрыхыр зыхалъхьэпар хы ФIыцIэм и Iуфэ жэнэт щIыпIэхэр, Псыжь, Лабэ, Щхьэгуащэ псыхъуэхэр зи лъахэу кIахэ адыгэкIэ дызэджэхэрщ.
Уи нэпсыр къемыкIуэу ущIэдэIуфкъым абы щыгъуэ адыгэм лейуэ къалъысамрэ гукъутэгъуэу я нэгу щIэкIамрэ тражыIыхьхэм. Абы и хъыбар пэжым ухуеймэ, политикэм и дэкIуэдэжэу ятха тхыгъэхэм къапэкIухьи, нэхъ иужьыIуэкIэ къыдагъэкIыжа тхылъхэм иджыхь, ди гъыбзэжьхэм ящIэдэIу. Псэ хьэлэл зиIэу а зауэ гущIэгъуншэм и гуауэр зи гум къимыгъыкIарэ абы имыгъэпIейтеярэ цIыху щIагъуэ щыIакъым, зи гугъу тщIа гъыбзэхэр зыуса джэгуакIуэ мыцIыхухэм я деж къыщыщIэдзауэ мы дуней псом щыцIэрыIуэ цIыхушхуэ гуэрхэм я деж нэсыху. ГущыкI зыхуащI бжьыгъэу ди тхыдэм къыхэнащ а зауэм хьэкIэкхъуэкIагъэ щызезыхьа пащтыхь дзэзешэ лъыифхэм я унэцIэхэр: Ермолов, Глазенап, Булгаков, Цицианов, Гудович, Евдокимов, Засс, Вельяминов… Куэд хъурт ахэр, цIыху хейхэмрэ лъэпкъ хейхэмрэ лъыкI-псыкI ящIыну къагъэкIуа хьэщхьэвылъэхэр. Мыри щIэхъумэн хуейкъым: хьэкIэкхъуэкIагъэкIэ зыкъыкIэрамыгъэхуу абыхэм яхэтащ къулыкъурэ мылъкурэ щхьэкIэ адыгэ псэ куэд зыгъэна, мин бжыгъэхэм я хэкур ябгынэным хэлIыфIыхьа ди лъэпкъэгъу гуэрхэри. Гува-щIэхами тхыдэм нэсу сэтей къищIынщ абыхэм ялэжьа щIэпхъаджагъэхэм я пэжыпIэр.
Лъэпкъым и жылэр, и купкъыр абыхэм щахъумэн щхьэкIэщ нэпскIэ шыуа ИстамбылакIуэ гъуэгужьым адыгэхэр теувэн хуей щIэхъуари. Жыхьэнмэ гъуэгум нэхърэ зыкIи нэхъыфIтэкъым ар ди лъэпкъым дежкIэ, сыту жыпIэмэ адыгэ куэд, куэдыщэ хы ФIыцIэжьым бдзэжьей Iус щыхъуащ, минищэ бжыгъэм я кхъащхьэхэр дунейм тригуэшащ.
«Бийм хуэмыгъуэн, дэ тхуэмэхуэн» жыхуаIэм хуэдэу мыхъуами, псэуну, зиужьыну, хэхъуэну пабгъэ адыгэ лъэпкъыр абы икIуэдыкIыпакъым… Шыкурыр Тхьэм ейщи, «Уадыгэ?» - «Сы-адыгэщ» жаIэу зэупщIыжынрэ жэуап зэзытыжынрэ диIэу дыкъелащ, дигу дгъэкIуэд мыхъунуи дыкъызэщIорыуэж. Апхуэдэ акъыл къытлъыкъуэкIрэ, нэгъуэщIхэм дыкъыдахыжыным дыщымыгугъыу, дэтхэнэ адыгэри абы дыхущIэкъуу дыпсэумэ, шэч хэлъкъым лъэпкъ лъэщ дызэрыхъужынум. Ар къыддиIыгъынкIэ Тхьэм делъэIуурэ жыдоIэ: уи гъуэгу дахэ ухъу, ди лъэпкъ дыщэ! Лъэпкъпсо нэщIэбжьэу къытщыщIынур абы ирикIуауэ Тхьэм жиIэ.
IУТIЫЖ Борис.
2005 гъэ, накъыгъэ мазэ.
Дунейпсо тхыдэм и япэ лъэбакъуэхэм къыдэбжэ лъэпкъщ шэрджэсхэр. Абыхэм я тхыдэр апхуэдизкIэ жыжьэ къыщожьэри, ахэр Китайм, Мысырым е Персием фIэкI зэбгъапщэ хъун гъуэтыгъуейщ; адыгэхэм елъытауэ адрей лъэпкъхэр тхыдэм и гъуэгуанэ кIыхьым щытехьар дыгъуасэ хуэдэщ, ныбжькIэ абыхэм къапэхъун лъэпкъ зыбжанэщ дуней псом тетыр, ахэр лъэпкъ псоми йофIэкI тхыдэм къыщакIуа гъуэгуанэмкIэ - зы лъэхъэни къэхъуакъым шэрджэсхэр хамэ лъэпкъ гуэрым и IэмыщIэ щилъа.
Зауэм къыщыщыхагъэщIаи, бгыхэмрэ псыхъуэ зэвхэмрэ быдапIэ ящIын хуей щыхъуаи, езыхэм бжыгъэкIэ къебэкI зэрыпхъуакIуэхэм къащыпикIуэтаи къэхъуащ ахэр, ауэ зы щIэблэ ныбжь нэхърэ нэхъыбэкIэ ахэр хамэ унафэм щыщIэта зэи къэхъуакъым, я бийхэм я IэмыщIэ зралъхьакъым. Я щхьэ хуитщ ахэр ноби, я лъэпкъ унафэхэмрэ я хабзэхэмрэ иропсэу.
Я тхыдэр жыжьэ къызэрыщежьэм и закъуэкъым ахэр адрей лъэпкъхэм къазэрыхэщыр - ахэр ирогушхуэ ижь-ижьыж лъандэрэ зэрылъэпкъ щхьэхуитым, зым и IэмыщIи зрырамыгъэубыдэн зэрахузэфIэкIам. Абы щыхьэт тохъуэ шэрджэсхэм я лъэпкъ тхыдэр. Я бжыгъэкIэ куэд хъуркъым ахэр, я щIыналъэм апхуэдизкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ, езыхэр апхуэдизкIэ лъэпкъ лъэщщи, ижь-ижьыж лъандэрэ цIэрыIуэ хъуауэ къогъуэгурыкIуэ; абыхэм я хъыбар къызэранэкIащ Геродот, Флакк Верий, Мелэ Помпоний, Страбон, Плутарх, нэгъуэщI пасэрей тхакIуэ куэдми. Абыхэм я тхыдэр бащэщ, я хуитыныгъэр яхъумэурэ, и кIэ къихуамэ, илъэс 2300-м щIигъуауэ, ахэр пэщIэтащ я псэм къеща зауэшы хъыжьэ Iэджэм, ноби я мурадкъым я лъэпкъ хуитыныгъэр урыс пащтыхь залымым и IэмыщIэ иралъхьэн. Я щхьэхуитыныгъэмрэ игъащIэ лъандэрэ къадэгъуэгурыкIуэ я лIыгъэмрэ къахуренэ абыхэм!
Глисон и журнал.
Лондон, 1854 гъэ, щIышылэ мазэ.
ХьэтIохъущокъуэ Исмел адыгэ лъэпкъ цIэрыIуэм къыхэкIащ, 1787-1791 гъэхэм екIуэкIа урыс-тырку зауэм хэтащ, иужькIэ, дунейм ехыжыху, Къэбэрдейм къыщыхъуа Iуэху псоми хэхутащ, и цIэр адыгэхэм ящыгъупщакъым нобэр къыздэсым, М. Ю. Лермонтовым и поэмэ цIэрыIуэм («Измаил-бей») и лIыхъужь нэхъыщхьэщ.
1805 гъэм Гумыщхьэ щызэхэта адыгэ лъэпкъ хасэм зэрыщыжиIамкIэ, ХьэтIохъущокъуэ Исмел илъэс тIощI и пэкIэ щIалэ дыдэу икIауэ щытащ Къэбэрдейм, и адэм и унафэм ипкъ иткIэ, «щIэныгъэ зригъэгъуэтын папщIэ».
ИЛЪЭС тIощIым нэсащ сэ хэкум пэIэщIэ сызэрыхъурэ. 1794 гъэм пIалъэ кIэщIкIэ сыкъыфхыхьэжауэ зэрыщытам и гугъу сщIынкъым. Си хэкум и Iуэху зытетым щыгъуазэ зыхуэсщIыным сыхунэмысауэ, си насыпыншагъэм къыдэкIуэри, абы щыгъуэ сыфхэкIыжауэ щытащ. Си щхьэкIэ къызэуэлIа псом сытепсэлъыхьынкъым, сыту жыпIэмэ сэ сезыгъэзыр си псэм и щIасэ си хэкур нобэ зыIут IэнатIэрщ, сызыхуэлажьэри абы и фейдэ зыхэлъымрэ тыншыгъуэ зэриIэнымрэщ. Си хэкум сэбэп сыхуэхъун мурадкIэщ сэ унэм сыщIикIари, ди лъэпкъ цIэрыIуэм сыхэсыжатэмэ, гухэхъуэгъуэу сиIэнкIэ хъуну псори къыщIызэзнэкIари, гъащIэм и IэфIыгъэкIэ къызэтэ щIалэгъуэм сыщIемыблари. А псори IэщIыб щIэсщIар, вжызоIэ сэ, щIэныгъэм зезыгъэузэщIа, цIыхур зэгурызыгъэIуэфын хабзэхэр зэзыгъэпэщыфа лъэпкъхэр зэзгъэцIыхун щхьэкIэщ. Си лъэпкъэгъухэм фIыгъуэ къезгъэуэлIэн папщIэ, бжьэм хуэдэ сыхъуным сыщIэкъуащ сэ, сэбэп хъупхъэр зэщIэскъуэурэ си хэку лъапIэм къисхьэныр си хъуэпсапIэти. Зи пщIэр лъагэ тхьэмадэхэ, фэ фпэIэщIэ сызэрыхъуар сигу къеуэми, ар зыхуэзгъэшэчащ, сыкъыфхыхьэжа нэужь, зыгуэркIэ сэбэп сыхъуфмэ, ар сэркIэ зэрынасыпым шэч къытесхьэртэкъыми. Къэзгъэзэжауэ сыфхэтщ нобэ. Ауэ сыт сыкъызрихьэлIэжар, ди Тхьэ! Си лъахэм и унэхъугъуэ махуэр си нэгу щIэбгъэкIын щхьэкIэ, ди Тхьэ, уигу къыщIызэбгъар!.. Насыпыншагъэу къыдэуэлIа псор фи деж щыслъагъуркъым сэ. Ар сигу къызэреуэр вжесIэу аращ. СывэупщI къудейщ: щхьэ ехуэха къэбэрдей лъэпкъым и пщIэмрэ и щIыхьымрэ? Хэт ар зи лажьэр? Пщыхэми, уэркъхэми, зэрылъэпкъыуи щхьэ зыщывгъэгъупща хэкум и хуитыныгъэмрэ абы зегъэузэщIынымрэ нэхъ лъапIэ щыIэнкIэ зэрымыхъунур? Ижь лъандэрэ пщIэрэ щIыхьрэ зиIа ди лъэпкъыр зэрыхэкIуэдэжыр флъагъуркъэ? Фигу къеуэркъэ ар, жызоIэ! Хьэуэ, КъурIэным сытеIэбэурэ тхьэ фхуэсIуэнщ гукъанэ фхуэсщIын мурад сызэримыIэмкIэ. Щхьэж и гукъанэ ирырекъухи, Тхьэм девгъэлъэIу ди лъэпкъым фIыгъуэ хуэдлэжьыфын щхьэкIэ, гуащIэрэ акъылрэ къытхилъхьэну.
Ди адэм и унафэм седаIуэри, си гум къыщIитхъыу сикIауэ щытащ сэ ди хэкум. Урысейм сыкIуащ, сфIэмыфIми. Я хабзэри сигу техуэртэкъым сащыхыхьагъащIэм. Гугъу сыдехьурэ зэзгъэщIащ я бзэр, ар зэзгъэщIа нэужьщ я хьэл-щэн нэхъ щысцIыхуар. Дэ тхэмылъ куэд ядэслъэгъуащ абыхэм, ядэслъэгъуащ дэ зэдмы- гъэкIу куэди. Урысейр къэралышхуэщ, щIэныгъэмрэ зыужьыныгъэмрэ зыщиубгъуащ. Урыс къэралыр къулейщ, и къарур, и гуащIэр инщ, цIыху мелуан щэщIрэ хырэ исщ абы икIи, пащтыхьыр хуеймэ, а цIыху бжыгъэм и Iыхьэ щанэр зауэлI хуэхъунущ. Къэрал лъэщым дыщригъунэгъукIэ, ар къызэрытщхьэпэным и ужь дитын хуейщ дэ, ди щхьэр тхъумэжын папщIэ. Фи фIэщ фщIы, си лъэпкъэгъу лъапIэхэ, ди акъыл дитыжмэ, ди гъунэгъу лъэщым и ней зыщыдгъахуэ зэрымыхъунур.
Ди гум зэи имыху ди адэжь Iущхэм я уэсятщ а къэрал лъэщым и жьауэм дыщIэтын хуейуэ. Фэри зэрыфщIэщи, динкIэ ди благъэ Тырку къэралыр къарууншэ дыдэ хъуащ…
Персхэри муслъымэнщ, ауэ я лIыщхьэхэр зэгурыIуэркъым, зы унафэ яIэкъыми, зыр зым щыхьэжауэ зэрошх. Куэд щIакъым, дызыпэмылъэщынум дыпэуври, ди щхьэр хэтлъхьащ, ди пщIэри ехуэхащ. Акъыл зиIэмрэ и хэкур фIыуэ зылъагъумрэ къыгурыIуэнщ дыщыунэхъуну махуэр къызэрыблагъэр. Зи щIыхьыр лъагэ хасэ, дэ псоми долъагъу икIи зыхыдощIэ ди хуитыныгъэр тфIэкIуэдынкIэ шынагъуэ зэрыхъуар. Апхуэдэ насыпыншагъэр, и щхьэр течауэ жысIэнщи, зи лажьэр дэращ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ дэ, уеблэмэ зэунэкъуэщхэми, ди акъыл зэтехуэркъым. Абы къыхэкIкIэ ди лъэпкъри зэкъуэткъым, псори зэзыгъэдэIуэн тхьэмадэ диIэжкъым. Пщы щIалэхэр нэхъыжьхэм едэIуэжыркъым, я нэр щIалагъэм къыщепхъуэри, гу лъатэркъым ди лъэпкъым и кIуэдыжыгъуэр къызэрыблэгъам: щхьэзыфIэфIхэм я зэранкIэ лъэпкъым къытохуэ ди гъунэгъухэм я губжьыр, дяпэкIи къытехуэнущ, абы дытетынумэ.
Гъуэщахэр гъуэгу захуэ тришэжын щхьэкIэ, Тхьэм игу къобгъэри егъэунэху ахэр, ар зэхамыщIыкIмэ, нэхъри къахуогубжьри, и ней къащохуэ. Ди бегъымбарыращ ар жызыIар, насыпыншагъэм фыхэхуауэ сыкъывихьэлIэжыгъащ зы гъэ сыкъыщыфхыхьэжам, ар къывгурыIуэжауэ гу лъыстэркъым ноби, къывгурыIуэным и пIэкIэ нэхъей фекIуауэ солъагъу, сыфхоплъэри. Тхьэм игу къыдэбгъакIэ шэч сощI иджы: зауэм къытхуихьам ищIыIужкIэ емынэ уз бзаджэм ди лъэпкъым и зэхуэдитIыр икIуэдыкIащ. И нэр исыжкъым дэ дызыхэт тхьэмыщкIагъэр зымылъагъум, и щхьэр зэкIуэкIащ Тхьэр къызэрытхуэгубжьам гу лъызымытэм.
Фи фIэщ фщIы, пщIэ зыхуэсщI си лъэпкъэгъухэ, ди Iуэхур абы куэдрэ тет зэрымыхъунур. ДызэрызэгурымыIуэм, ди акъыл зэрызэтемыхуэм и зэранкIэ си лъахэ насыпыншэр хэкIуэдэжауэ Тхьэм симыгъэлъагъукIэ - абы дынэсащ дэ. Тхьэм симыгъэлъагъукIэ абы лъапсэкIуэдыр къыхуэкIуауэ, ди нэхъыжьхэр, ди цIыхубзхэмрэ ди сабийхэмрэ, зэщIэгъуагэу, гузэвэгъуэр ятелъу, бийм гъэрыпIэм щрихуэну махуэ мыгъуэм Тхьэм дыщихъумэ. Апхуэдэ шынагъуэр къызэрытщхьэщыхьар зыхэсщIэрти, аращ Бытырбыху зи ужь сыщита Iуэхур къэзгъанэу пIэщIэгъуэкIэ сыкъыщIэкIуэжар. Сэ си нэкIэ слъэгъуащ, щыхьэти сытехъуэфынущ дызыпэува къэралыр къыщичыным зэрынэсам. Сэ слъэгъуащ къыттелъэлъэнкIэ хъуну щыблэм зэрызыкъызэщIищIар. ФызэтеувыIэ, лъэпкъ насыпыншэ, фи акъыл фихьэж, фегупсыс дэр нэхърэ куэдкIэ нэхъ лъэщым дыпэлъэщынрэ дыпэмылъэщынрэ, ди щхьэр хэдвмыгъалъхьэ, фызэчэнджэщ мы хасэм кърихьэлIахэр, ди лъэпкъым къылъэIэса шынагъуэр зыщхьэщытха зэрыхъунум и унафэр фщIы. КъурIэным сытеIэбэурэ псом япэ тхьэ сIуэнщ унафэр захуэмэ, цIыхур зыгъэжакъуэ хьэгъапхъэхэм ар ящысхъумэнкIэ – си псэр пытыху, лъы ткIуэпс къысщIэмынэжыху. Ауэ сыволъэIу, кIыхьлIыхь зывмыщI, шынагъуэр къытщхьэщыхьакIэщ, зэман диIэж-къым. Ди зэман мащIэр къэдвгъэгъэсэбэп, псоми къытщхьэпэн Iуэху икIэщIыпIэкIэ длэжьын папщIэ. Зыщывмыгъэгъупщэ зэрызэгурымыIуэм и зэранкIэ къэрал куэд зэрыхэкIуэдэжар, фигу ивгъэлъ лъэпкъ псо дэнэ къэна, уеблэмэ унагъуэ закъуэри, унафэщI ямыIэмэ, я къарур кIуэщIурэ, зэрыунэхъур…
ХЬЭТIОХЪУЩОКЪУЭ Исмел-Псыгъуэ къэбэрдей пщы лъэпкъ цIэрыIуэм къыхэкIащ, ХьэтIохъущыкъуей Ипщэ (иджы Зеикъуэ) 1750 гъэм къыщалъхуащ. Езым зэритхыжамкIэ, «и адэм и унафэм едаIуэри», Исмел 1785 гъэм Урысейм кIуауэ щытащ, абы щеджащ, щIэныгъэ куу щигъуэтащ. «И адэм и унафэм едаIуэри» псалъэхэм куэдым урагъэгупсыс. Исмел и адэр, ХьэтIохъущокъуэ Темрыкъуэ, Урысейм мамыру дэгъуэгурыкIуэным и телъхьэ къэбэрдеипщхэм ящыщащ, ауэ урыс дзэпщхэм ящыхьэжри, Тыркумрэ КърымымкIэ еплъэкI хъуауэ щытащ нэхъ иужьыIуэкIэ; хьэж ищIа нэужь, Кърымым къыщызэтеувыIэри, абы зыщиIэжьащ, къыщигъэзэжым Iэщэ къыздишащ, Къэбэрдейр Тыркумрэ КърымымкIэ «ириIуэнтIэкIын» мурад иIауи къыщIэкIынущ.
Къэбэрдейм къихьэжа нэужь (1771 гъэм и ужькIэ), Темрыкъуэ хуэм-хуэмурэ къыгурыIуащ Къэбэрдейр Тыркуми Кърымми я IэмыщIэ иплъхьэ зэрымыхъунур, аращ и къуэм, Исмел, Урысейм кIуэн, абы щIэныгъэ щызригъэгъуэтын -хуейуэ унафэ щIыхуищIар: къэбэрдейхэм Урысейм фIэкI нэгъуэщI гугъапIэ зэрамыIэр къыгурыIуащ.
ИлъэсипщIым нэблагъэкIэ щеджащ Исмел Урысейм, дзэм къулыкъу щищIащ, урыс-тырку зауэхэм хэтащ, Измаил быдапIэр къыщащтэм щыгъуэ зэрихьа лIыгъэм папщIэ Георгий орден къратащ. Александр Езанэр пащтыхь хъуа нэужь, Исмел 1801-1804 гъэхэм Бытырбыху щыIащ, къэрал Iуэху и пщэ къыдалъхьауэ. Урысей къалащхьэм здыдэсым, ХьэтIохъущокъуэ Исмел и нэIэ тет зэпытащ езым и хэкум. Къэбэрдейм и Iуэхур хэплъэгъуэ хъуат а зэманым: урыс дзэпщхэм зэрахьэ лейр ягу темыхуэу, пщы, лIакъуэлIэш, уэркъ куэдым зыкъаIэтащ, жылэр гуитIщхьитI хъуащ. Iуэхур абы нэсауэ, ХьэтIохъущокъуэ Исмел 1804 гъэм Къэбэрдейм къихьэжащ. Къэбэрдейм и унафэр шыбгъэрэ сэшхуэкIэ зыщIын мурадым къыщIэтэджахэм япэуври, Исмел хузэфIэкI псори илэжьащ, «псэм нэхърэ нэхъ игъэлъапIэ хэкур» мафIэм къыхишын щхьэкIэ. Дунейм тетыху, аращ ХьэтIохъущокъуэ Исмел зыхуэлэжьар - Урысеймрэ Къэбэрдеймрэ яку мамырыгъэ дэлъхьэн, адыгэхэр щIэныгъэмрэ зыузэщIыныгъэмрэ я гъуэгум тешэн.
А гупсысэхэращ Исмел Урысейм и лIыщхьэхэм я пащхьэ ирилъхьа тхыгъэхэм («Краткое описание жителей Горских Черкес», «Записки о жителях Кавказа», н.) лъабжьэ яхуэхъуар. А тхыгъэхэм зэрыщыжиIэмкIэ, Къэбэрдейм и Iуэхур къыщызэщIэплъар Кавказ линэкIэ зэджэр яухуа нэужьщ: абы и зэранкIэ Къэбэрдейм щIы куэд фIэкIуэдащ, бгырысхэр вакъэ зэв ирагъэуващ - аращ пщыхэми, уэркъхэми, зэрылъэпкъыуи ягу темыхуар. Къэбэрдейм фIэкIуэда щIыр къратыжын хуейщ, дзэпщхэмрэ къулыкъузехьэхэмрэ къэбэрдейхэм ижь-ижьыж лъандэрэ къадэгъуэгурыкIуэ лъэпкъ хабзэхэм хэIэбэ хъунукъым, Урысейм и IэмыщIэ зралъхьа нэужьи, къэбэрдейхэм я лъэпкъ Iуэхухэр езыхэм зэфIахыжын хуейщ - абыкIэ пэрыуэгъу къахуэмыхъумэ, Къэбэрдейр Урысейм къыбгъэдэкIынукъым.
Нэхъ белджылыуэ жыпIэмэ, Къэбэрдейм автономие гуэр иIэн хуейщ - акъылышхуэрэ щIэныгъэ куурэ уиIэн хуейт, а зэманым апхуэдэ гупсысэхэм уи щхьэр нэсын папщIэ. Апхуэдэ цIыхуу щытащ ХьэтIохъущокъуэ Исмел, Урысейм фIэкI Къэбэрдейм нэгъуэщI плъапIэрэ гугъапIэрэ зэримыIэр къыгурыIуауэ.
МЫЩОКЪУЭ Гъузер.
АНДРИАНОПОЛЬ 1829 гъэм щызэрыщIылIа трактатым ипкъ иткIэ, тенджыз ФIыцIэм и къуэкIыпIэ Iуфэр (Шэрджэсыр) Урысейм лъысауэ илъытащ Портэм (Тыркум), абыкIэ зэгурыIуащ къэралитIыр. Кавказ лъэпкъхэр езым ейуэ илъытэми, ахэр Тыркум и IэмыщIэ зэи илъакъым. Шэрджэс хы Iуфэм быдапIэ зыбжанэ щаIащ тыркухэм, ауэ ахэр шэрджэсхэм я унафэм зэи хагъэIэбакъым, ар дэнэ къэна, шэрджэсхэр абыхэм езауэ зэпытащ, я щхьэр кърагъэIэтакъым, зэзауэ хъумэ, тыркухэр зэтраупщIатэущ шэрджэсхэр къызэрыгъуэгурыкIуар. Тыркум «кърита» лъахэр Урысейм IэщэкIэ къизэун хуей хъуащ, абы Шэрджэсым ирищIылIа зауэр щIэх зэпыуакъым.
ТОРНАУ Фёдор.
«Кавказ офицерым и гукъэкIыжхэр». 1865 гъэ.
МЫ ЛЪАХЭМ сыкъызэрихьэ лъандэрэ си нэгу щIокI илъэс щэ ныкъуэм щIигъуауэ бгырысхэм кIэлъызэрахьэ лейр, ахэр зэрыдакъузэнщ ди дзэпщхэр иджыри къэс зи ужь итыр. Лажьэ ямыIэми, залымыгъэ кIэлъызэрахьэ абыхэм. Дакъузэмэ, яхуэмыфащэ иралэжьылIэмэ, ахэр нэхъ IумпIафIэ хъун я гугъэщ ди генералхэм, ауэ ар щхьэгъэпцIэжщ. Ягу Iей къытхуилъакъым къэбэрдейхэм, ахэр лъэпкъышхуэ дыдэу, ныбжьэгъугъэ къыткIэлъызэрахьэу щытащ игъащIэм. Ди император Пётр Езанэм фIыуэ къыгурыIуэрт а лъэпкъ лъэщыр дарэгъу къэщIын зэрыхуейр, абы игъэунэхуащ къэбэрдейхэм дапщэщи укъызэрагъэпэжынур, аращ ахэр бий пщIы нэхърэ къыдэпхьэхмэ, ныбжьэгъу пщIымэ, щIэнэхъыфIыр. Урысейм и IэмыщIэ зралъхьауэ залъытэж езы къэбэрдейхэм, абыхэм я лъэпкъ хабзи я Iуэхуи дыхэмыIэбэн хуейуэ солъытэ сэ, арыншамэ, я щIыб къытхуагъэзэжынкIэ шынагъуэщ. Ар къагурыIуэркъым ахэр Iэщэрэ залымыгъэкIэ дагуэн мурад зиIэхэм - ар захуагъэкъым, апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм къэбэрдейхэр тпигъэкIуэтынущ. Лей къызэрыкIэлъызэрахьэр ялъагъури, къэбэрдейхэр къыщичыным нэсащ, дэ дазэрыхущытыр ягу техуэркъым абыхэм, зызэщIаузадэращ ахэр абы езыхулIар: я лъахэр къэдбзыхьащ, я хъупIэхэр къатетхащ, езыхэр бгы лъапэхэм щIэтхуащи, я щхьэр къызэредмыгъэIэтыным дыхэтщ. Апхуэдэ залымыгъэ кIэлъызетхьэ хъунукъым къэбэрдейхэми адрей бгырыс лъэпкъхэми. Къэбэрдейхэм я нэхъыбапIэр ихьащ уз бзаджэмрэ зауэмрэ. А лъэпкъ лъэщыр бэлыхь зэрыхэддзам и сэбэп къекIауэ пIэрэ Урысейм?
* * *
Генерал Булгаков и дзэр мэлыжьыхь мазэм и 14-м Къэбэрдейм ихьэри Бахъсэн, Щхьэлыкъуэ, Шэджэм, Налшык псыхъуэхэм щызэуащ. Булгаковым зэрыжиIэмкIэ, къэбэрдейхэм апхуэдэ удын къатехуакъым игъащIэм; къэбэрдей къуажэ щитI игъэсащ, зэтрифыщIащ абы, Iэщ мин 20 яфIихуащ. А зекIуэм и ужькIэ къэбэрдейхэм я гур щIэх къихьэжынукъым, Линиеми къытеуэнукъым, - аращ Булгаковым жиIэр.
Генерал Тормасов А.П. пащтыхь Александр Езанэм 1810 гъэм бадзэуэгъуэ мазэм и 16-м хуитхам щыщ.
* * *
Зиусхьэн императорыр еджащ бадзэуэгъуэ мазэм къыхуэптхам. Генерал Булгаковым Невский Александр и орденыр хуэмыфащэущ зиусхьэн императорым зэрилъытэр. Хъыбар къызэрытIэрыхьамкIэ, Булгаковым къэбэрдей жылагъуэ куэд игъэсащ, ихъунщIащ, абы нэхъри тпэIэщIэ ищIащ къэбэрдейхэр.
Дзэ министр Барклай де-Толли генерал Тормасовым 1810 гъэм шыщхьэIу мазэм и 24-м къыхуитхам щыщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1936.txt"
} |
СПОРТ ХЪЫБАРХЭР
«RedFox Team» командэм щыщ спортсмен Кравченкэ Еленэ «Километр задэ» псынщIэу бгым дэкIынымкIэ дунейпсо рекорд игъэуващ. Иркутск щыщ пщащэм Iуащхьэмахуэ метр 2450-м къыщыщIэдзауэ метр 3450-м нэс дакъикъэ 48-рэ секунд 31-кIэ дэкIащ. Иджы еханэу Кравченкэ апхуэдэ зэхьэзэхуэхэм щытокIуэ. АбыкIэ хъыбар къыдигъэщIащ «Курорты Северного Кавказа» АО-м и пресс-IуэхущIапIэм.
НэхъапэIуэкIэ ягъэува рекордыр зи IэдакъэщIэкIыр урысей спортсмен Петропавловск-Камчатск щыщ Соболевэ Ларисэт. 2013 гъэм «Километр задэр» абы къызэринэкIащ дакъикъэ 51-рэ секунди 8-кIэ.
ЦIыхухъухэм я дежи текIуэныгъэр зыIэригъэхьащ «RedFox Team» командэм хэт, Иркутск щыщ Чернов Виталий. ЛъагапIэм ар дэкIащ дакъикъэ 43-рэ секунд 50-кIэ. 2017 гъэм езым игъэува рекордым ефIэкIыжыным абы хурикъуакъым секунд 36-рэ.
Мы махуэхэм иухащ Кавказ Ищхъэрэ, Ипщэ федеральнэ щIыналъэхэм баскетболымкIэ я чемпионатыр. Абы хэтащ КИФЩI республикэхэм, крайхэм, къалэхэм я командэ къыхэхахэр.
ЕсэнтIыгу къалэм щекIуэкIа финал зэIущIэм щызэпэщIэтащ «КъБР-КъБКъУ»-мрэ Краснодар и «Спарта-КубГТУ»-мрэ я гупхэр. 85:77-уэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и баскетболистхэр текIуащ икIи чемпионатым и кубокымрэ дыщэ медалхэмрэ зыIэрагъэхьащ.
Ди республикэм и командэ къыхэхам щыджэгуащ Гутнев Игорь, НэбытIэ Аскэр, Точилкин Алексей, Дудко Владимир, Гаврилов Иван, Фирсов Денис, Сэбаншы Юрий, Приказчиков Александр, Воробьёв Роман, Бекъул Алим, Мамыщ Алим, Шэрджэс Даниил сымэ.
Спортсменхэр егъасэ Кирин Александр.
«Кёкусинкай каратэмкIэ урысей лъэпкъ федерацэ» урысейпсо физкультурэ-спорт жылагъуэ зэгухьэныгъэм иригъэкIуэкIащ ката/кумитэ лIэужьыгъуэмкIэ къэралым и зэхьэзэхуэрэ чемпионатрэ. Къэзан къалэм щызэхэта зэпэщIэтыныгъэм къыщыхахащ 2022 гъэм и мэлыжьыхьым Японием щекIуэкIыну дунейпсо чемпионатым Урысейм и командэ къыхэхам хэту щызэуэнухэр.
Псори зэгъусэу зэхьэзэхуэхэмрэ чемпионатымрэ зыкъыщагъэлъэгъуащ Урысейм и щIыналъэ куэдым къикIа спортсмен 350-м нэблагъэм. Каратист 11 хъууэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ къыхэхам Къэзан къыщихьащ медаль зэмылIэужьыгъуэу 11.
Я ныбжьрэ хьэлъагърэ елъытауэ зэщхьэщыха гупхэм урысейпсо зэхьэзэхуэм пашэныгъэр щаубыдащ Сомгъур Мухьэрбэч, Гажонов Аскэр, Джантуев Адлан сымэ. Бэрэгъун Ахьмэд, Цыганков Кирилл, ДыщэкI Алан етIуанэ хъуащ. Домбеякъ медалыр къихьащ Акбулатовэ Наидэ.
Урысейм и чемпионатым дыщэ медалыр щызыIэригъэхьащ Думэныщ Мурат. Калабеков Исмэхьилрэ Чыржын Луизэрэ дыжьын медалхэр къахьащ.
Къагъэлъэгъуа зэфIэкIхэм япкъ иткIэ Урысейм и командэ къыхэхам хагъэхьащ КъБР-м щыщхэу Думэныщ Мурат, Калабеков Исмэхьил, Чыржын Луизэ. Ахэр хэтынущ Японием щекIуэкIыну дунейпсо чемпионатым.
Симферополь къалэм щекIуэкIа зэзауэ зэхэтхэмкIэ Урысейм и зэхьэзэхуэм пашэныгъэр щиубыдащ «Файт Зон» спорт клубым и гъэсэн, илъэс 13 зи ныбжь Аппаев Амир.
Зыхэта гупым щызэуа спортсмен 32-м я нэхъ лъэщу зыкъэзыгъэлъэгъуа Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ зэуакIуэм Iэмал къыхукъуэкIащ дунейпсо зэхьэзэхуэу Истамбыл щекIуэкIынум хэтыну.
Чемпионыр ягъасэ Мэш Алимрэ Шыхъуэстэн Русланрэ.
А зэхьэзэхуэ дыдэм домбеякъ медалыр къыщихьащ иджыри ди республикэм и зы лIыкIуэм. Зи хьэлъагъыр килограмм 36-м нэблагъэхэм я зэпэщIэтыныгъэм ещанэ щыхъуащ «Бабугент» спорт клубым и гъэсэн Аккиев Амин.
Спортсменыр игъэхьэзыращ КъБР-м Физическэ щэнхабзэрэ спортымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Гериев Хъусен.
2020 гъэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу цIыху 7700-м щIигъум ягъэзэщIащ «Лэжьыгъэмрэ зыхъумэжыныгъэмрэ сыхуэхьэзырщ» (ГТО) урысейпсо физкультурэ-спорт комплексым и мардэхэр. Абыхэм ящыщу 5740-р дамыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ ягъэпэжащ.
Абы ипкъ иткIэ ди республикэм щыпсэу цIыху минитIым щIигъум ГТО-м и дыщэ дамыгъэхэр зыIэрагъэхьащ, 1900-м щIигъум дыжьын дамыгъэхэр къахьащ. Спорт мардэхэр гъэзэщIэным нэхъ жыджэру зыкъыщызыгъэлъэгъуахэр еджапIэхэм щеджэхэрщ (илъэси 6-м къыщыщIэдзауэ 17-м нэс) - апхуэдэхэм я бжыгъэр цIыху 5400-м щIигъуащ.
Ди республикэм и щIыналъэхэм ящыщу къыхэжаныкIащ Бахъсэн къалэ дэсхэр. Абыхэм дамыгъэ зэмылIэужьыгъуэу 4232-рэ къахьащ.
НобэкIэ ГТО-р зэрагъэзащIэ спорт лIэужьыгъуэхэр 13 мэхъу: къызэдэжэн, псым есын, зыщIэIэтэн, фоч гъэуэн, нэгъуэщIхэри. ЛIэужьыгъуэхэм ящыщу языныкъуэхэр Iэмал имыIэу гъэзэщIапхъэщ, адрейхэм узыхуейр къыхэпх хъунущ.
«Лэжьыгъэмрэ зыхъумэжыныгъэмрэ сыхуэхьэзырщ» комплексыр зэрыхагъэхьар сэбэп мэхъу цIыхубэм я физическэ щытыкIэр егъэфIэкIуэным, спортым зегъэужьыным. ГТО-м и дыщэ дамыгъэ зиIэу еджапIэ нэхъыщхьэ щIэтIысхьэхэм ЕГЭ-м къыщахьа баллхэм хухагъахъуэ.
ЖЫЛАСЭ Замир.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1937.txt"
} |
Ульбашев Мухьэрбий: «Урысей Федерацэм и субъектхэм дэ тхуэдэу социальнэ къалэнхэр нэгъэсауэ зыгъэзэщIэфа, пандемиеми тэмэму пэщIэта, апхуэдэу коммерческэ щIыхуэр зыпшыныжыфа куэд яхэткъым»
«Дэ коммерческэ щIыхуэхэр къэтщтэн ддакъым икIи апхуэдэ щIыхуэхэр ттелъкъым», - къыхигъэщхьэхукIащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Парламентым и пащхьэ къыщыщыпсалъэм.
ЩIыналъэм и Iэтащхьэм зэпкърыхауэ къигъэлъэгъуащ а Iуэхум зэреплъыр: «Бюджет кодексым апхуэдэ текъузэныгъэхэр хэмылъыж пэтми, къэрал щIыхуэр гъэмэщIэным апхуэдизу дыщIегугъур къызыгурымыIуэхэр щыIащ. Япэрауэ, зэрыжысIащи, дэ коммерческэ щIыхуэхэр къэтщтэн ддакъым икIи абыхэм проценткIэ щхьэщатыкI ахъшэр къытхуонэ. Дэ ттелъыр Урысей Федерацэм и бюджет IэнатIэм къеIытха щIыхуэрщ икIи абы проценткIэ щхьэщыттыкIышхуэ щыIэкъым. ЕтIуанэрауэ, фэри зэрыфщIэщи, Урысей Федерацэм и Президентым Федеральнэ Зэхуэсым Зэрызыхуигъэзам къыщигъэлъэгъуащ щIыналъэ зыбжанэм апхуэдэ коммерческэ щIыхуэхэр зэрыщхьэщахар. Дэ абыхэм дазэрыхэмыхуар нэхъыфIу къызолъытэ. Дэ нобэ дахэтщ инфраструктурэ проектхэр ягъэзэщIэн папщIэ бюджет щIыхуэ къэзыщтэну хуит щIыналъэхэм. Апхуэдэ щIыхуэхэм, сыщымыуэмэ, щхьэщатыкIыр проценти 10 хуэдизщ».
КIуэкIуэ Казбек къигъэлъэгъуащ апхуэдэ щытыкIэм къихь сэбэпынагъхэр. Абыхэм ящыщщ цIыхухэр псыкIэ къызэрызэрагъэпэщыр, гъуэгухэр зэрызэрагъэпэщыжыр, жылагъуэхэр зэIузэпэщ зэращIыр, нэгъуэщIу жыпIэмэ, щIыналъэм и инфраструктурэ зыужьыныгъэр егъэфIэкIуэныр.
«Къэрал щIыхуэр гъэмэщIэным къарууэ диIэр зэретхьэлIам и фIыгъэкIэ дэ нобэ федеральнэ бюджетым къыхэкIыу сом мелардитху нэхърэ мынэхъ мащIэ къызэщIэдгъэуIуэфынущ. Абы къыхэкIыу ищхьэкIэ къыщыгъэлъэгъуа инфраструктурэ лэжьыгъэхэр дэдгъэкIыну Iэмал псори диIэщ. АбыкIэ сэбэп хъунущ иужь зэманым федеральнэ IэнатIэм къыщащта унафэхэри. БлэкIа илъэсхэм ди бгыр щIэкъузауэ дызэрылэжьам и фIыгъэкIэ нобэ республикэм и Iуэхухэр нэрылъагъуу едгъэфIэкIуэну Iэмал дгъуэтащ», - къыхигъэщхьэхукIащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым Зэрызыхуигъэзар къызэрыщыхъуам щытепсэлъыхьым республикэм и Парламентым и лIыкIуэу Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым хэт Ульбашев Мухьэрбий хэхауэ тригъэщIащ пандемием и лъэхъэнэм республикэм и унафэщIхэм ирагъэкIуэкIа бюджет политикэм.
Къапщтэмэ, сенаторым жиIащ: «Парламентым хуэгъэза псалъэм япэу Iыхьэ пыухыкIа щиубыдащ пандемием. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, а Iуэхум къыгуэхыпIэ имыIэу пыщIауэ щытащ бюджетым и хэхъуэхэри и хэщIхэри. Иджы япэу IупщIу зэхэтхащ коммерческэ кредитхэм яхуэгъэза къалэн псори республикэм зэригъэзэщIар. Абы икъукIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ. ЦIыхухэм я пащхьэ къыщищта къалэнхэр игъэзэщIэн папщIэ республикэм илъэс куэдкIэ коммерческэ рынокым щIыхуэ къыщищтэу екIуэкIащ. Ар мыхъумыщIагъэу жыпIэ хъунукъым. Апхуэдэ лэжьэкIэр бюджет политикэм и Iэмэпсымэхэм ящыщ зыщ. Ауэ республикэм и унафэщIхэр, езыр и щхьэкIэ республикэм и Iэтащхьэр иужьрей илъэситIым жэуаплыныгъэшхуэ яхэлъу бюджет Iуэхум зэрыбгъэдэтам и фIыщIэкIэ коммерческэ щIыхуэ псори япшыныжащ».
«Сэ нехьэкI-къехьэкI хэмылъу жысIэфынущ: Урысей Федерацэм и субъектхэм куэд яхэткъым дэ тхуэдэу социальнэ къалэнхэр нэсу зыгъэзэщIэфа, пандемием тэмэму пэщIэта, а псоми къадэкIуэу коммерческэ щIыхуэхэр къанэ щымыIэу зыпшыныжыфа», - къигъэлъэгъуащ Ульбашев Мухьэрбий. - А псори жэуаплыныгъэ зыпылъ лэжьэкIэм и Iэужьщ. Урысей Федерацэм и Президентым Федеральнэ Зэхуэсым Зэрызыхуигъэзам щыжиIауэ щытащ бюджет политикэр тэмэму езыгъэкIуэкI, апхуэдэу коммерческэ щIыхуэхэр и зэманым зыпшыныж щIыналъэхэм инфраструктурэ проектхэр гъэзэщIэным трагъэкIуэдэн папщIэ федеральнэ ахъшэ нэхъ пасэу зэрыхухахынур».
Республикэм и унафэщIымрэ Правительствэмрэ гъэхуауэ икIи IэкIуэлъакIуэу бгъэдохьэ зэманым къыдэкIуэ гугъуехьхэр къызэнэкIыным. Ди республикэм и унафэщIым Парламентым Зэрызыхуигъэзар адэкIи дэIэпыкъуэгъу хъунущ социально-экономикэ зыужьыныгъэр щIэгъэхуэбжьэнымкIэ, дэтхэнэ унагъуэми и гугъуехьхэр гъэмэщIэнымкIэ.
КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1938.txt"
} |
Дунейм щыхъыбархэр
♦Химикым и дунейпсо махуэщ
♦Урысей хьэрычэтыщIэм и махуэщ
♦Тыркумэным щагъэлъапIэ я алэрыбгъум и махуэр
♦Куржым и лъэпкъ махуэшхуэ нэхъыщхьэщ – щхьэхуитыныгъэм и махуэщ
♦Польшэм щагъэлъапIэ Анэм и махуэр
♦Украинэм и къалащхьэ Киев и махуэщ
♦1896 гъэм Урысейм и пащтыхь тажыр щхьэратIэгъащ Николай ЕтIуанэм – иужьрей урысей императорым.
♦1918 гъэм Кавказ ЩIыб Федерацэр зэхэкIащ Куржы, Армение, Азербайджан республикэ щхьэхуитхэу.
♦1928 гъэм ФИФА-м и зэIущIэм унафэ къыщащтащ илъэсиплI къэс зэ футболымкIэ дунейпсо зэпеуэ егъэкIуэкIыным теухуауэ.
♦1938 гъэм ягъэтIылъащ автомобиль зыщI «Фольксваген» концерн цIэрыIуэм и лъабжьэр.
♦1942 гъэм Iэ традзащ совет-инджылыз дзэ зэгурыIуэныгъэм.
♦1945 гъэм СССР-м унафэ къыщащтащ и промышленностыр мамыр псэукIэм зэрытраухуэжыну щIыкIэр щыубзыхуауэ.
♦1947 гъэм цIыхум и хьэкумыр къэралым укIкIэ щащIэну зэрыхуимытым теухуа унафэ СССР-м къыщащтащ. 1950 гъэм а унафэр якъутэжауэ щытащ.
♦1991 гъэм Гамсахурдие Звиад Куржы Республикэм и япэ президенту хахащ.
♦1995 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш академиер (КъБКъМА-р) къызэIуахащ. Иджы ар Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетщ.
♦Археолог, тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, Лениным и цIэр зезыхьэу щыта саугъэтым и лауреат, КъБАССР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Крупнов Евгений къызэралъхурэ илъэси 117-рэ ирокъу.
♦Филологие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Щэрдан Iэбу къызэралъхурэ илъэс 93-рэ ирокъу.
♦Урысей уэрэджыIакIуэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ Варум Анжеликэ (и цIэ дыдэр Мариещ) и ныбжьыр илъэс 52-рэ ирокъу.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 20 - 22-рэ, жэщым градус 13 - 14 щыхъунущ.
Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1939.txt"
} |
КIыкIэ Софие: Уэрэдым хэт дэтхэнэ псалъэри, уи плъэкIэ къудейри гум къыбгъэдэкIын хуейщ
Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и артисткэ, Урысей Федерацэм и щэнхабзэ къалащхьэ Санкт-Петербург щыцIэрыIуэ оперэ уэрэджыIакIуэ КIыкIэ Софие и творческэ гъуэгу дахэм куэд кIэлъоплъ икIи дехьэх. Адыгэ пщащэ нэсым и хьэл-щэнхэр зыхэлъ Софие и щабагъымрэ гуакIуагъымрэ, утыку щиткIэ игъэIу макъым и лъэщагъымрэ дахагъымрэ зыхуэдэ къэгъуэтыгъуейщ. Къэралпсо гъуазджэмрэ адыгэ щэнхабзэмрэ я дунейм лъэ быдэкIэ хэува, зи зэчиймкIэ адыгэ лъэпкъым и цIэр фIыкIэ зыгъэIу уэрэджыIакIуэм нобэ Мейкъуапэрэ Санкт-Петербургрэ сольнэ концертхэр щет, дунейпсо фестивалхэм жыджэру хэтщ, сабийхэр макъамэм хурегъаджэ.
Абы и репертуарым хэтщ оперэм щыщ партие зэмылIэужьыгъуэхэр, мюзикл роль телъыджэхэр, урыс, къухьэпIэ европей, иджырей композиторхэм я IэдакъэщIэкIхэр. Композитор цIэрыIуэ Нэхей Аслъэн игъэува «Раскаты далекого грома» япэ лъэпкъ оперэм Акозэ и партиер япэ дыдэу щызыгъэзэщIар КIыкIэ Софиещ.
Софие и ехъулIэныгъэхэмрэ зэфIэкIхэмрэ, и лэжьыгъэмрэ мурадхэмрэ, къалащхьэм зэрыщыпсэумрэ Адыгейр къызэрыщыхъумрэ тедгъэпсэлъыхьыну Iэмал диIащ Мейкъуапэ и къэкIуэжыгъуэмрэ си кIуэгъуэмрэ щызэтехуам. Си гуапэу нэхъ гъунэгъуу фызогъэцIыху ди лъэпкъ щэнхабзэм и вагъуэ КIыкIэ Софие.
- Софие, цIыхур зыпэрыт IэщIагъэм фIыуэ хэзагъэу щыплъагъукIэ, езым ар къыхиха къудей мыхъуу, абы къыхуигъэщIауэ къыпщохъу. Уэ уи ехъулIэныгъэхэм, уи утыку итыкIэм ущыкIэлъыплъкIэ, уэрэд жыIэным укъызэрыхуигъэщIар зыхыумыщIэнкIэ Iэмал иIэкъым. Сыхуейт нобэ узытет гъуэгум утехьа зэрыхъуар уигу къэбгъэкIыжыну, укъыщыхъуа ди къуэш республикэм щыбгъэкIуа сабиигъуэм укъытхутепсэлъыхьыну.
- Сэ Адыгэ Республикэм сыкъыщалъхуащ, си сабиигъуэр щыкIуар Мейкъуапэщ. ЦIыху гъащIэм хэт а пIалъэ IэфIым щегъэжьауэ уэрэд жыIэныр сфIэфIу щытащ икIи уэрэджыIакIуэ сыхъуну сехъуапсэрт. Школ нэужьым, Мейкъуапэ дэт ГъуазджэхэмкIэ училищэм сыщIэтIысхьащ. ИтIанэ си щIэныгъэм хэзгъэхъуэну мурад сщIыри, Санкт-Петербург сыкIуащ. Абы Театр гъуазджэмкIэ академиер къыщызухащ музыкэ театрым и артист IэщIагъэр сиIэу. ИужькIэ, си зэфIэкIым нэхъри зезгъэужьыну сыхуейти, Санкт-Петербург къэрал консерваторием сыщIэтIысхьащ, абы камернэ уэрэджыIакIуэ, вокалымкIэ егъэджакIуэ IэщIагъэхэр щызэзгъэгъуэтащ, иужькIэ аспирантурэри къэзухыжащ.
ЩIэныгъэ зэзгъэгъуэта нэужь, Санкт-Петербург дэт «Зазеркалье» музыкэмкIэ театрым сыщылэжьащ, сабийхэм, балигъхэм папщIэ спектаклхэм сыщыджэгуащ, роль зэмылIэужьыгъуэхэр згъэзащIэу. Иджыпсту концертхэм уэрэд щыжызоIэ, ныбжьыщIэхэр изогъаджэ.
- ЕгъэджакIуэ, актрисэ, уэрэджыIакIуэ. Дэтхэнэ IэщIагъэра уи гум нэхъ дыхьэр, Софие?
- Актрисэ IэщIагъэмрэ уэрэд жыIэнымрэ схузэкIэщIэхынукъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, тIум щыгъуэми утыку къисхьэ лэжьыгъэр гурэ псэкIэ къызогъэщI, ролым сызэрыщыту сызэщIеубыдэ. А пщIэр дахэ хъун, къоплъыну къэкIуахэм я деж нэпхьэсын папщIэ уи гурыщIэм къикIын хуейщ дэтхэнэ псалъэри, плъэкIэ къудейри. Ещхьыркъабзэу, егъэджакIуэу сылэжьэнри зыпэсщI щыIэкъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ныбжьыщIэхэм уахэтыну гухэхъуэщ, абыхэм я ехъулIэныгъэ мащIэхэми сыщогуфIыкI.
- Санкт-Петербург ущопсэу, ущолажьэ. Сыт нэхъыбэу иджыпсту узэлэжьыр? Урысейм и утыкушхуэ ихьа адыгэ пщащэм и творческэ гъуэгур сыт хуэдэ?
- Си творческэ лэжьыгъэр зэпхар, дауи, Санкт-Петербургщ, нэхъыбэу уэрэд щыжысIэр къалэшхуэм щыцIэрыIуэ утыкухэрщ. Ауэ дэнэ ущыIэми, укъызыхэкIа лъэпкъыр зэи IэщIыб пхуэщIынукъым. Фэри фощIэ, абы адыгэ куэд зэрыдэсыр, мис абыхэм я гъусэуи концертхэр къызызогъэпэщ илъэс зыбжанэ хъуауэ. Нэгъабэ, псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, адыгэ щэнхабзэм и пшыхь дахэ едгъэкIуэкIащ. Ар хуабжьу гъэщIэгъуэн хъуат, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, Санкт-Петербург дыщызэрихьэлIат творческэ цIыху зыбжанэ: АР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ режиссёр цIэрыIуэ ЕмкIуж Андзор, Адыгэ лъэпкъ театрым и артист Нэхей Iэдэм сымэ. Краснодар щыщ, АР-м, Кубаным щIыхь зиIэ я артисткэ ЛIыцIэрыIуэ (Тлецери) Римми къедгъэблагъэри, гукъинэж пшыхь едгъэкIуэкIауэ щытащ. Апхуэдэ пщыхьэщхьэхэр нэгузыужь хъум и закъуэкъым, атIэ къалэ жыжьэхэм дэс адыгэхэр нэхъ зэрыубыдынымкIэ, адыгэ щэнхабзэр хъумэнымкIэ мыхьэнэшхуэ яIэщ. Санкт-Петербург дэсхэм яфIэфIщ зэхыхьэну, къэфакIуэхэр, уэрэджыIакIуэхэр кърагъэблагъэурэ концертхэр къызэрагъэпэщыну, щIалэгъуалэр зэхэсыну. Ар икъукIэ сэбэпу къызолъытэ адыгэр адыгэу дэнэ щIыпIи къыщызэтенэнымкIэ.
Москва щрагъэкIуэкI концертхэми щIэх-щIэхыурэ зыкъыщызогъэлъагъуэ. Мейкъуапэ сыкъокIуэж. 2018 гъэм и кIэм, уэ узэрыщыгъуазэщи, Мейкъуапэ сольнэ концерт щыстащ. Ар композитор цIэрыIуэ, «Ислъэмей» ансамблым и унафэщI Нэхей Аслъэн и юбилей илъэсым хухаха Iуэхухэм ящыщт. Программэ гугъуу икIи ину зэхэлъащ ар, классикэ ариехэр, адыгэ цIыхубэ уэрэдхэр, Нэхейм и IэдакъэщIэкIхэр зы концерт программэм ибгъэзэгъэныр тыншу щытауэ схужыIэнукъым, ауэ дэ ар фIыуэ къыдэхъулIащ, цIыхухэм ягу зэрырихьар хъыбару зэхэсхыжащ.
Абы къищынэмыщIауэ, ЕмкIуж Андзор лэжьыгъэ гъэщIэгъуэн дэсщIащ нэгъабэ. Режиссёр щIалэм триха фильмым щыIуну уэрэдыр сэ жызигъэIэну зыкъыщысхуигъазэм, сфIэфIу иужь сихьащ икIи сыхущIегъуэжакъым.
- Пэжщ, Андзор «Адыгэ псалъэм» и хьэщIэщым къедгъэблэгъауэ фильмым и гугъу щедгъэщIым къытхутепсэлъыхьат уэрэдыр уэ жыпIэну къызэрыпхуигъэфэщар. Ар махуэ къэс пщIэ Iуэхум къызэрыщхьэщыкIым удихьэха хьэмэрэ нэхъ гугъу удехьа?
- Узахуэщ, Замирэ, ар си дежкIэ лэжьыгъэ къызэрыгуэкIтэкъым, уэрэд гуэр жысIэн къудейуэ аратэкъым. Абы жэуаплыныгъэшхуэ пылът, фильм псом купщIэу иIэр зыхэлъ псалъэхэр, абы и кIыхьагъкIэ щабэу къыщеуэнур, режиссёрым а гупсысэм щIилъхьар макъкIэ къэпIуэтэфыныр тыншу щытакъым. А псори нэхъ куужу зыхиугъащIэрт фильмыр си лъэпкъым, си адэжь хэкум зэрытеухуам. Абы къыхэкIыу си зэфIэкI псори есхьэлIащ. Андзор сэрэ дызэчэнджэщурэ тщIа лэжьыгъэм езы режиссёрыр арэзы техъуащ, адэкIэ фильмым еплъынухэм я гупсысэхэр зэхэтхыжынщ, зэ утыку къихьэмэ. ЕмкIужым и жэрдэмкIэ, уэрэдым клипи трихащ, абы ИнтернеткIэ феплъыфынущ.
Зи гугъу сщIы лэжьыгъэр IуэхущIэт, гъэщIэгъуэнт, дахэт си дежкIэ. «Летания» квартетым, Мариинскэ театрым и музыкантхэм, Iэзагъэшхуэ зыбгъэдэлъ звукорежиссёрхэм дадэлэжьати, къыдэхъулIауэ къысщохъу ди IэдакъэщIэкIыр.
- Утыку щыбгъэзэщIэну уэрэдхэр дауэ къызэрыхэпхыр?
- Утыку щыбгъэзэщIэнур къыхэпхын папщIэ, уи макъыр пцIыхужу, уи щэныр пщIэжу щытын хуейщ. Уеблэмэ уи цIыху щIыкIэкIэ уэ нэхъ къокIур къыхэпхыпхъэщ. Иджырей композиторым удэлэжьэн хъумэ, жепIэ мэхъу, мащIэу зы щIыпIэхэм деж уэ къыптехуэу зэхъуэкIыныгъэхэр хилъхьэну. Ауэ адрейхэр хэплъыхьыпауэ фIэкIа къыхэсхыркъым.
Концерт программэр зыхуэдэми мыхьэнэшхуэ иIэщ, макъыр зэрыбгъэлэжьэным теухуауэ. КIэщIу жыпIэмэ, мыр зы мэскъали гулъытэншэ умыщIу узыбгъэдыхьэн, узэлэжьын хуей Iуэхущ. Ар къыбдэзыIыгъын цIыхухэм укъаухъуреихьмэ, уэ узыпэрыхьа Iуэхум ухуэхьэзырмэ, пхузфIэмыкIынрэ къомыхъулIэнрэ хэлъкъым.
- Санкт-Петербург и утыкухэм оперэ ариещ нэхъыбэу щыбгъэзащIэр. Абырэ адыгэ лъэпкъ уэрэдхэр жыIэнымрэ дауэ зэкIуалIэрэ, дауэ а жанритIым узэрыхэзагъэр?
- Гугъу сыдехьыркъым. Къэбгъэлъагъуэмэ, сытым дежи классикэм, адыгэ композиторхэм я IэдакъэщIэкIхэм, цIыхубэ макъамэхэм сызэрыхэIэбэным иужь ситщ. Зэмыщхьхэм селэжьыну сфIэфIщ. Езыр-езыру къызэдокIуэкI ахэр. Си репертуарым сыт щыгъуи тIум хуэди хэтщ.
- Софие, дэтхэнэ цIыхуми и IэщIагъэм хуезыгъэса гуэр и гъащIэ псокIэ игу къонэ, зыгуэрым и Iуэху щIэкIэр, бгъэдыхьэкIэр игу ирихьу кIэлъоплъ. Уэ хэт сымэ я цIэ къипIуэнт сэбэп къыпхуэхъуа егъэджакIуэу, щапхъэ зытепх артисту?
- УпщIэ гуапэщ. Япэ дыдэу, классикэ уэрэд жыIэкIэм сыщыдихьэхам сызыкIэлъыплъу щытар XX лIэщIыгъуэм и оперэ уэрэджыIакIуэ нэхъ лъэзырехьэу ябжхэм ящыщ Каллас Марие и творчествэращ. Испан оперэ уэрэджыIакIуэ Кабалье Монсеррат, СССР-м и цIыхубэ артисткэхэу Милашкинэ Тамарэ, Ковалёвэ Галинэ, куэдым я цIэ къисIуэфынущ я уэрэд жыIэкIэм сыкIэлъыплъу. Сэ къызэрыслъытэмкIэ, IэщIагъэм ущыдихьэхым деж, абы ирилажьэ нэхъ пажэхэм уакIэлъыплъыныр дерсыфIщ. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми езым и Iэмалхэр, щэхухэр иIэжщ. Сэ нэхъ спэгъунэгъур, сэ нэхъ сэщхьыр, сэ нэхъ сфIэфIыр къыхэсхыу аращ. Зыгуэрым зезгъэщхьу схужыIэнукъым, ауэ псоми я творчествэм сыкIэлъоплъ, седэIуэну сфIэфIщ.
Абы и лъэныкъуэкIэ иджыпсту зэманыр тынш хъуащ. Училищэм сыщыщIэсым щыгъуэ библиотекэм сыкIуэурэ пластинкэхэм седаIуэрт, иджы Интернетыр къызэIух къудей, дуней псом щыцIэрыIуэхэм я уэрэдхэр, концертхэр ибгъуэтэнущ. Уи щIэныгъэмрэ Iэзагъымрэ хэбгъэхъуэныр зэи щыбгъэт хъунукъым, ар кIэ зимыIэ Iуэхущ. Иджыри къыздэсым сызэчэнджэщ егъэджакIуэхэр сиIэщ сэ.
- Щэнхабзэм, гъуазджэм я лэжьакIуэхэм жылагъуэм мыхьэнэшхуэ щагъэзащIэ. Сэ къызэрыслъытэмкIэ, лъэпкъ зэныбжьэгъугъэм, мамырыгъэм, зэгурыIуэныгъэм, политикхэм я мызакъуэу, щэнхабзэм и лэжьакIуэхэми я фIыщIэшхуэ хэлъщ.
- Дауи, зэгурыIуэмрэ мамырыгъэмрэ ухуэзышэр дахагъэмрэ гуапагъэмрэщ. Санкт-Петербург и щэнхабзэ гъащIэр къапщтэмэ, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ куэд зэрыдэсым къыхэкIыу, цIыхубэр лъэпкъ макъамэхэм дахьэх. Абы къыхэкIкIэ, макъамэ пшыхь куэд щокIуэкI концертышхуэхэм къадэкIуэу. Сэ сыт щыгъуи апхуэдэ пшыхьхэм срагъэблагъэ, махуэшхуэхэм хухаха зэхыхьэхэм, псапащIэ концертхэм сыхэтщ.
ЗэрыжысIауэ, абы щыпсэу адыгэхэм тфIэфIщ лъэпкъ щэнхабзэм и пшыхьхэр зэхэтшэну, е нэгъуэщI утыкухэм дыщызэдэлэжьэну. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, концерт IуэхукIэ щIэх-щIэхыурэ сыхуозэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхубэ артист, щIалэ зэчиифIэ Къэбэрдокъуэ Мурат. Iуэху гуэр къыкъуэкIмэ, къызэджэмэ, сынэсынущ, езыри апхуэдэ дыдэщи, концерт гуэр сыхэту щытмэ, къызогъэблагъэри, зэи сигъэщIэхъуркъым. Мурат сэрэ зэрыхъукIэ а творческэ зэпыщIэныгъэр зэдыдоIыгъ. Къапщтэмэ, апхуэдэ зэпыщIэныгъэхэр нэхъ быдэ щIыныр зэран тхуэхъунутэкъым хамэ къалэхэм, щIыпIэхэм щыпсэу адыгэхэм. КъищынэмыщIауэ, ди зэныбжьэгъугъэмрэ зэпыщIэныгъэмрэ щэнхабзэ гъуэгукIэ нэхъ къохъулIэнущи, абы гулъытэ хуейщ.
- ЦIыхум анэм, адэм ирилъыт хэкур хэт дежкIи лъапIэщ. Уэри уи хэку цIыкIур, уи лъэпкъыр уиIэ псом зэребгъэфIэкIыр уи псалъэхэм къахощ, итIани къыджепIэну сыхуейт: сыт уэркIэ Адыгэ Республикэр?
- Адыгейр, зэрыжыпIауэ, сыкъыщыхъуа си адэжь хэкущ. ГъащIэм гъуэгу щысхуэхъуну лъагъуэр щыпхысшар, япэ музыкэ щIэныгъэр щызэзгъэгъуэтар си хэкуращ. Ар гукъыдэж къызэзыт, къару къысхэзылъхьэ, лъагъуныгъэм, дахагъэм сыхуэзыгъэуш лъахэщ. СфIэфIщ Адыгейм сыкъэкIуэжыну, мыбы щекIуэкI концертхэм сыхэтыну. Зэи къэхъуакъым, иджыри къэхъунукъым, си лъахэм махуэшхуэ гуэр иIэу сыкърагъэблэгъэжауэ сыкъыщымыкIуэж. Махуэшхуэ пэлъытэу сиIэщ апхуэдэ Iэмалхэр. 2018 гъэм и кIэм Мейкъуапэ щыста концертыр си дежкIэ уасэ зимыIэ саугъэтышхуэт. ФIыщIэ яхуэсщIыну сыхуейщ къыздэIэпыкъуа, къыскъуэува псоми, си концертым еплъыну къекIуэлIахэми.
- УэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ КIыкIэ Софие доцIыху. IэщIагъэр лъэныкъуэкIэ къэдгъанэмэ, усыт хуэдэ цIыху?
- А сценэм къыщацIыху Софиери гъащIэм щалъагъу Софиери зыщ, сэ сызэреплъымкIэ. Сценэм сыщиткIи, гъащIэм сыщыхэткIи цIыхум зыгуэру зыкъыщызгъэхъуну сыхэткъым, сызэрыщымытуи зыхуэсщIынукъым.
Пэжщ, сценэм ущитым деж художественнэ къалэн гуэр уогъэзащIэри, образ пыухыкIа къыбогъэщI. Апхуэдэхэм деж роль щхьэхуэ сихьэн хуей хъуми, лирикэ лIыхъужьым нэхъ сещхьу гъащIэм сыхэтщ.
Сэ сыцIыху гупцIанэщ, ныбжьэгъу пэжу сыщытыфщ, седжэну сфIэфIщ, си щIэныгъэр зэрыхэзгъэхъуэн Iэмал зэи блэзгъэкIыркъым. Концертхэм, библиотекэхэм, музейхэм сыкIуэныр зыпэсщI щыIэкъым. Тхылъыр, музыкэр си гъащIэ гъусэщ жысIэмэ, езгъэлейркъым.
ИтIанэ, творческэ цIыхур Iуэхуншэ зэи хъу хъунукъым. Зэманыр пщIэншэу зыгъэкIуэд сыщIэщIауэ сылажьэмэ нэхъ къызощтэ.
ЦIыху гу къабзэр, гуапэр, сфIэфIщ сэ, апхуэмыдэр схуэгъэныбжьэгъунукъым. Сэ езыр сызэрыщытым хуэдэу къысхущытмэ, сигу зэрыхузэIухам хуэдэу игу къысхузэIухамэ, ар хуабжьу пщIэ зыхуэсщI цIыхуу къыздекIуэкIынущ.
- Тхьэм уригъэфIакIуэ, Софие. Къэнэжыр уи концерт Налшык щекIуэкIыу дыщызэIущIэнращи, уи мурадхэм хэт апхуэдэ гуращэ?
- Налшык концерт щыстыныр си хъуэпсапIэхэм ящыщ зыщ, пэжым ухуеймэ. Зэпеуэ, зэхуэс щекIуэкIыурэ сыщыIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым, ауэ концерт щыстакъыми, Тхьэм жиIэмэ, абы иужь ситынщ.
- Тхьэм къыуигъэхъулIэ. ФIыщIэ пхузощI Мейкъуапэ щыбгъакIуэ зэман зэпэубыдам щыщ тхухэпхыу псэлъэгъу укъызэрытхуэхъуам папщIэ.
Мейкъуапэ.
Епсэлъар НэщIэпыджэ Замирэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "194.txt"
} |
Дунейм щыхъыбархэр
♦Гъунапкъэхъумэм и махуэщ. 1918 гъэм Ленин Владимир Iэ щIидзащ гъунапкъэхъумэ гупхэр къызэгъэпэщыным теухуа унафэм. Япэу къызэрагъэпэщар Ищхъэрэ-КъухьэпIэ гъунапкъэхъумэ округырщ. Гъунапкъэхъумэм и махуэр ди гъусэу ягъэлъапIэ Белоруссиеми, Къыргъызми, Украинэми.
♦Азербайджан Республикэм и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ
♦Армение Республикэм и лъэпкъ махуэшхуэщ - къэралыгъуэ щигъуэта махуэр егъэлъапIэ
♦1923 гъэм Адыгейм и профсоюзхэм я зэгухьэныгъэр къызэрагъэпэщащ.
♦1927 гъэм Совет Союзым и тыкуэнхэм къыщIалъхьащ маркэхэр зытет япэ конвертхэр.
♦1928 гъэм Мейкъуапэ къыщызэIуахащ Адыгейм и тхылъ тедзапIэр.
♦1938 гъэм СССР-м Мурманск областыр къыщызэрагъэпэщащ.
♦1987 гъэм Москва и Утыку плъыжьым деж къыщетIысэхащ ФРГ-м щыщ Руст Матиас и кхъухьлъатэр. А къэхъукъащIэ къызэрымыкIуэр - СССР-м и гъунапкъэр апхуэдэу тыншу къызэрызэпаудыфар, - дауи, лъэужьыншэ хъуакъым совет дзэ къулыкъущIэхэм я дежкIэ. Я къулыкъухэм трагъэкIауэ щытащ кэралым зыхъумэжыныгъэмкIэ и министр Соколов Сергей, ПВО дзэхэм я командующэ нэхъыщхьэ Колдунов Александр, нэгъуэщI офицер 300-ми тезыр зэмылIэужьыгъуэхэр тралъхьат.
♦1997 гъэм УФ-мрэ Украинэмрэ Киев Iэ щытрадзащ Тенджыз ФIыцIэ флотыр зэрагуэшыну щIыкIэм теухуа унафэм.
♦1930 гъэм къалъхуащ киноактёр, КъБР-м и цIыхубэ артист, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Молей Барэсбий.
♦1930 гъэм къалъхуащ АР-м, КъБР-м, КъШР-м я цIыхубэ тхакIуэ, СССР-ми УФ-ми я къэрал саугъэтхэм, Шолоховым и цIэр зезыхьэ, ДАХ-м я саугъэтхэм я лауреат, Адыгэ Республикэм и гимныр зытха, Урысейм ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIыхъужь МэшбащIэ Исхьэкъ.
♦1950 гъэм къалъхуащ КъБР-м щыщ жылагъуэ лэжьакIуэ, хьэрычэтыщIэ, меценат Джэрыджэ Хьэсэн.
♦1962 гъэм къалъхуащ урысей актёр, УФ-м щIыхь зиIэ и артист Панин Андрей.
♦1971 гъэм къалъхуащ совет фигуристкэ цIэрыIуэ, европэ, дунейпсо зэпеуэ куэдым бжьыпэр мызэ-мытIэу щызыубыда, Олимп Джэгухэм тIэунейрэ я чемпионкэ хъуа Гордеевэ Екатеринэ.
♦1973 гъэм къалъхуащ урысей актрисэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ Мироновэ Марие.
♦1976 гъэм къалъхуащ урысей гимнаст цIэрыIуэ, Олимп Джэгухэм плIэнейрэ я чемпион Немов Алексей.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 25 - 26-рэ, жэщым градус 15 - 16 щыхъунущ.
Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1940.txt"
} |
Победитель международных конкурсов Тамбий Джимуко
Черкесское зарубежье
Громко ухнувший снаряд упал прямо на крышу дома. Огромной силы взрыв разнес жилище буквально в клочья - и сразу тишина. Вокруг - только страшное безмолвие и кромешная тьма, кажется, весь мир перестал существовать, провалившись в черную бездну. Как только улеглась пыль, а сверху перестали сыпаться куски бетона и арматуры, 11-летний Маршан с трудом вылез из-под обломков - чудом уцелел. В это злосчастное утро он не пошел в школу - заболел. Сидел один, ждал прихода матери, отправившейся в магазин за покупками. С того дня мальчишка - неугомонный весельчак и балагур - перестал говорить, онемел. Это стало последней каплей терпения - семья Нарта Асада, жившая в Дамаске, решила уехать из страны, объятой войной.
За два года до этого, в июне 2009-го, житель сирийской столицы Нарт Асад из адыгского рода Джимуко впервые приехал на историческую родину - в Адыгею. Взял с собой сыновей. Старшему Тамбию тогда было одиннадцать, младшему - Маршану - девять лет. Оба талантливейшие музыканты, но особый предмет гордости для отца - свободно говорят на родном языке, любят народные танцы. В республике они пробыли всего неделю - осмотрели Майкоп и его достопримечательности, выезжали в горы. Тогда, под впечатлением от увиденного, он твердо решил: через два-три года переберется на землю предков окончательно - дети должны жить на Кавказе.
Судьба же распорядилась совсем по-иному. В первые месяцы, когда вооруженный конфликт в Сирии только начинал тлеть, никто из простых жителей страны не поверил бы, что противостояние перерастет в полномасштабную войну, государство погрузится в хаос, счет жертвам будет идти на десятки тысяч, а миллионы его граждан станут искать спасения на чужбине. Происходящее вокруг явилось полнейшей неожиданностью и для семьи Джимуко. Уехать сразу не решились, побоявшись в одночасье все бросить. Здесь, в Сирии, - могилы старших, родные, близкие, друзья, работа, дом, устоявшаяся привычная жизнь. Как одним махом это отрезать?!
После случившегося с сыном, Нарт перевез семью в Турцию. Почему не в Россию, в Адыгею - трудно сказать. Джимуко обосновались в Бурсе, где проживает крупная черкесская община. Местные адыги помогли с жильем, нашли для родителей хорошие варианты с трудоустройством, Тамбий пошел в школу. Оставалась нерешенной главная проблема: Маршан, переживший страшный стресс, оставался немым, это лишало его возможности нормально жить и учиться, мальчишку нужно было лечить. В течении года Нарт возил сына по клиникам и больницам, обращался к психологам и логопедам, пришлось прибегнуть даже к нетрадиционной медицине - все тщетно.
Однажды кто-то из местных стариков-адыгов, увидевший Маршана, успокоил отца: лучшее лекарство - время, на зацикливайтесь на недуге, пусть мальчик чаще бывает среди людей, сверстников, занимается привычными делами, любимой музыкой - Бог даст, все пройдет.
Впервые за многие месяцы Маршан взял в руки барабан - доул. Младшего брата поддержал Тамбий, виртуозно играющий на аккордеоне, адыгской гармошке и фортепиано. Они не пропускали ни одного джэгу в округе, выступая на пару. Вскоре мальчишка, которого больно обожгла война, стал весело улыбаться, а в один из дней - неожиданно заговорил! Это было настоящее чудо: он стал разговаривать, как и прежде, словно ничего и не было. Могу лично засвидетельствовать: когда в июле 2013 года ансамбль «Нэф» из поселка Энем Республики Адыгея гастролировал в Бурсе, Маршан уже вовсю балагурил, читал по памяти стихи на адыгском языке. На одном из концертов «Нэфа» братья Джимуко, сопровождавшие коллектив с исторической родины буквально повсюду, выступили музыкальным дуэтом - Тамбий на гармошке, Маршан - на доуле.
К тому времени Тамбий, обладающий уникальным природным талантом, уже учился в Академии искусств города Бурса. Он был буквально нарасхват: талантливого юного музыканта приглашали в разные города страны, он успешно участвовал в международных конкурсах, телевизионных передачах, давал интервью журналистам. В прошлом году произошло и вовсе историческое событие: Тамбий Джимуко, ребенок из простой семьи сирийских беженцев, которых здесь несколько миллионов, получил турецкое гражданство. Причем на это потребовался всего… один день! Случай невиданный в повседневной практике Турции. Поводом к столь экстренным действиям послужило личное приглашение на престижный Международный музыкальный конкурс, поступившее Тамбию из российского Санкт-Петербурга. К делу сразу подключились депутаты турецкого меджлиса. Идею поддержал и президент Турции Реджеп Тайип Эрдоган.
- У нас, честно говоря, не было никакой надежды, - признался позже директор Академии искусств города Бурса Рюстем Авджи. - За столь короткие сроки получить гражданство и паспорт, казалось, практически невозможным, это произошло в истории Турции впервые. Конечно, были и другие всем известные факты быстрого присвоения турецкого гражданства, но в нашем случае была проведена, можно сказать, оперативная «ночная операция». Я думал, что такое может случиться только в фильмах.
- Я почувствовал большую гордость, когда мне позвонил господин президент, - рассказал Тамбий. - Он сообщил, что подписал указ о предоставлении мне гражданства. Сказал также, что Турция теперь стала для меня родиной, и попросил, чтобы в дальнейшем я еще больше работал, совершенствовался. Я искренне поблагодарил его. Теперь на мне лежит большая ответственность. Надеюсь, что в будущем мне посчастливится не только участвовать в других крупных международных конкурсах, но и побеждать в них.
В Санкт-Петербурге Джимуко, выступавший среди конкурсантов, игравших на фортепиано, был отмечен дипломом лауреата, его мастерство заслужило самые высокие оценки специалистов. Сегодня юный черкес из Бурсы является гордостью всей Турции, продолжает добывать для нее новые музыкальные награды - недавно он получил дипломы первой степени на международных музыкальных конкурсах в Германии, Болгарии, Швеции и США. Может быть, наступит время, и Тамбий будет побеждать уже для России, воплотив давнюю мечту своего отца вернуться на родину предков?..
Анзор НИБО. Сочи - Бурса - Ялова - Сочи.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1941.txt"
} |
Пащтыхь гуащэм и тыгъэ
Генерал Къундыхъу Мусэ и гукъэкIыжхэм щыщ
Пщыхэр сшэри, Тифлис дыкIуащ. Штабым и унафэщIым къицIыхурт ахэр. Ар къепсэлъа нэужь, пщыхэр корпусым и Iэтащхьэм иригъэблэгъащ.
ГОЛОВИН пщыхэм яIихащ лъэIу тхылъхэр, къепсэлъылIащ, къажриIащ урысхэми бгырысхэми щыуагъэ куэд зэраIэщIэкIар, ахэр гъэзэкIуэжын зэрыхуейр. Тифлис махуищкIэ дэсри, лIыкIуэхэр къежьэжащ, генералыр къазэрыхуэупса тыгъэхэри къыздахьащ. Пщыхэм зэрахуэр щIым и Iуэхурати, дапщэщи хуэдэу, я лъэIу тхылъыр Iахащ, чэзур къэсмэ, хэплъэну къагъэгугъэри. ЛIыкIуэхэр къесшэжьэжын и пэ, корпусым и Iэтащхьэм зыхуэзгъэзэжри, Мысост Алъхъэсрэ Анзор Мыхьэмэтмырзэрэ зыщIэс хьэщIэщым сыщIыхьащ. А тIум пщIэ нэхъ яхуэсщIырт сэ адрей лIыкIуэхэм нэхърэ. Дзэлыкъуэ хъупIэмрэ ЕтIэкъуэрэ Къэбэрдейм къыхуагъэнэжыну лъэIуати, Мысостри Анзорри арэзы хъуатэкъым Головин къарита жэуапымкIэ. ХьэщIэщым сызэрыщIыхьэу къызэупщIащ: «Дзэпщым и тыгъэр къеIыдмыхмэ, хъунукъэ?» - жари.
- Хъунукъым, - жысIащ сэ.
- Сыт щIэмыхъунур? - ягъэщIэгъуащ абыхэм.
- ЩIэмыхъунуращ: Кавказ линэм, псом хуэмыдэу, Къэбэрдеймрэ Тагаурымрэ, хьэргъэшыргъэ гуэр къыщыхъуауэ зэхихмэ, дзэпщым ар фэ къыфтрилъхьэнщ, тыгъэм фыщIелъэпауэр абы къыхэкIауэ жиIэнщи. Щамил зыпыфщIауэ кърихынщ абы.
- Хьэргъэшыргъэ хъункIэ иремышынэ генералыр, - жиIащ Мысостым. - Сэ абыкIэ шэсыпIэ сызэрихьэр схужеIэж дзэпщым. Хэт Къэбэрдейм хьэргъэшыргъэ къыщызыIэтынур? Хьэмэрэ ар щыгъуазэкъэ Къэбэрдейм и цIэм фIэкI нэгъуэщI къызэрыхуэмынэжар? Уэ уи Тагаурым и Iуэхур нэхъыкIэжщ: ябгъэдэлъауэ хъуам пыкIри, урысхэм я IэмыщIэ зралъхьащ. Сыт хьэргъэшыргъэ зи гугъу пщIыр абы и ужькIэ? Хэт ар зыхузэфIэкIынур? Джаурым езым и IитIкIэ дилIри дыщIилъхьэжащ, итIани псэ къытхэнауэ къыщохъу.
Пщыхэр къызэрызэщIэплъар слъагъурти, куум хэмыхьэ щIыкIэ, яжесIащ:
- ЖыфIэр пэжынкIи мэхъу, ауэ зи мычэзууэ къысфIощI: Тифлис фызэрыдэсыр зыщывмыгъэгъупщэ. НэгъуэщIым зыми зэхевмыгъэх апхуэдэ псалъэр - хэту щытми. Дзэпщым и тыгъэр здэфхьрэ фыкIуэжмэ, фэркIэ нэхъыфIщ. Алыхьым фыкъелъагъу, къыфхуищIэнумкIэ хуитщ.
- Делъэпэуэнкъым тыгъэм, - жиIащ Анзор Мыхьэмэтмырзэ, - ауэ абы щхьэкIэ фIыщIэ хуэтщIыркъым ар гъэпцIагъэкIэ къытIэщIэзыгуа дзэпщым, ди гур хуэплъ фIэкIа. Ди гур хуоплъ, ди адэжьхэм къытхуагъэна уэсятым ебэкъуауэ, мыпхуэдэ тыгъэкIэ зыкъезыгъэгъапцIэ, ди хэкум телъ хьэзабыр зымылъагъу ди лъэпкъэгъу щхьэхуещэхэми.
А псалъэр сфIэгъэщIэгъуэн хъури, сыщIэупщIащ:
- Сыт хуэдэ уэсят фи адэжьхэм къыфхуагъэнар?
- Уэ пщIэркъэ ар? - къызэплъащ Мысостыпщыр.
- Пэж жысIэнщи, сщIэркъым, - зызумысыжащ сэ.
- УмыщIэмэ, бжесIэнщ. Пащтыхь гуащэр (Екатеринэ II) къэбэрдейхэм къелъэIуауэ щытащ Къуацэкъалэрэ Тэрчкъалэрэ (Екатериноградрэ Владикавказрэ) зэпызыщIэ пощт гъуэгу урысхэм ирагъэщIыну, Тэрч и сэмэгурабгъу IуфэмкIэ екIуэкIыу. Шэч мыгъуэр ящIри, къэбэрдейхэм пщитI, ХьэтIохъущокъуэмрэ Хьэмырзэмрэ, пащтыхь гуащэм деж ягъэкIуащ, ди щIым быдапIэ кърамыщIыхьын щхьэкIэ лъэIуэну. Пащтыхь гуащэм ди лIыкIуэхэм къажриIащ: гъуэгурэ пощт станцрэ фIэкI, нэгъуэщIым дыпылъынукъым, ари Тэрч и сэмэгурабгъумкIэ; абыкIэ арэзы ирехъу къэбэрдейхэр.
Тыгъэ лъапIэхэр къаритри, пащтыхь гуащэм пщитIыр къиутIыпщыжащ. Бахъсэн Iуфэ щызэхыхьа хасэм я пащхьэ иувэри, Бытырбыху къраха хъыбарыр яIуэтэжащ пщыхэм, пащтыхь гуащэм игу Iей зэримылъыр, дигъэунэн фIэкI, нэгъуэщIым зэрыхэмытыр, абы и хьэтыр лъагъун зэрыхуейр, гъуэгум шынагъуэ лъэпкъ къызэрыдэмыкIуэнур жаIащ - абыкIэ къигъэгугъат пащтыхь гуащэм.
ЛIыкIуэхэм абы щытрагъэчыныхьым, пщыхэм ечэнджэщщ, жылэ къадыр къэуври, мыр жиIащ: «Зы щIалэ шы мыгъасэ ягъэшэсащ, трагъэгушхуэри. Шы мыгъасэм, ихъущ-илъри, зритIащ, зрисащ. ЩIалэр зыгъэшэсахэр къэшынэжащ, щIалэр еукI, жари. «Укъридзыхмэ, кIэ бгъуэтащ, сакъ, зыкърумыгъэдзых», - жаIэри чэнджэщ иратащ щIалэм. Чэнджэщ хуэныкъуэж хъунтэкъыми, щIалэм жэуап къаритащ: «Сысакъми, сыбэлэрыгъми, шым къызищIэнур езым ещIэж». Абы ещхь дыхъуащ дэ: дыбэлэрыгърэ ныбгъуэхьэшым дриубыдэмэ, урысым къыдищIэнур гурыIуэгъуэкъэ: Къэбэрдейр зыIэщIилъхьэжауэ тлъагъунщ. Алыхьым и закъуэщ дыкъэзыхъумэнур.
ЛIыкIуэхэм я Iыхьлыхэр къигъэгубжьащ къадым и псалъэм, итIани Хьэмырзэр къэтэмакъкIэщIакъым, акъыл зэриIэр къыщигъэлъэгъуащ хасэм и пащхьэм. «Къадым и псалъэм демыувалIэмэ, - жиIащ Хьэмырзэм, - пащтыхьым и тыгъэм къикIыр къыдгурымыIуауэ арат: урысхэм бзаджагъэ къыткIэлъызэрахьэн мурад зэращIарщ абы къикIыр. Си жагъуэ хъур нэгъуэщIщ: къадыр зыгъэIуща пщыхэм зытрагъэгусэнтэкъым мыпхуэдэ тыгъэм, пащтыхьыр дэнэ къэна, ар инэрал гуэрым къахуишиями. Фи губгъэн къэдмыхьын щхьэкIэ, мы тыгъэм дыхуейкъым дэ, нэхъ зыхуэфащэм ефт ар... Тыгъэр къеIытхын щIэддар зыщ: ди пIэ итамэ, хэти къыIихынт ар, дэ къызэреIытхам хуэдабзэу».
Хасэм къыхуадакъым ар: хьэуэ, тыгъэр зыхуэфащэм къратащ, нэгъуэщIым щIептыжын щыIэкъым, жари. Апхуэдэ унафэ щащIым, Хьэмырзэмрэ ХьэтIохъущокъуэмрэ зэрыIушри, лъэмыжымкIэ яунэтIащ. Лъэмыжым теувэри, Хьэмырзэм цIыхухэм закъыхуигъэзащ: «Урысхэр мы цIуугъэнэхэмкIэ, къулыкъукIэ, дыщэрэ дыжьынкIэ зэщэр Къэбэрдейм и дыгъэр зэрагъэункIыфIынщ, дэтхэнэ адыгэри Тхьэм дыщихъумэ фи нэр зэрыщапхъуэ мы тыгъэ гъуамэхэм, фи нэкIэ флъагъуу ахэр иджыпсту ди натIэ идогъэкI, ди ужь къихъуэнухэм къыдамыхъуэныжын щхьэкIэ». Ар жиIэри, пащтыхь гуащэм и тыгъэр Бахъсэн хидзащ.
ЦIыхухэм ягу ирихьащ Хьэмырзэмрэ ХьэтIохъущокъуэмрэ пащтыхь тыгъэм иращIар: «ФылIщ! Напэ фиIэщ! Афэрым!»
ХьэтIохъущокъуэм жиIащ абы и ужькIэ:
- Пащтыхьхэм тыгъэ къыхуашийуэрэ дашэха куэдым я цIэ къисIуэфынущ - дэракъым ар къэзыублар, щапхъэ фыхуеймэ, гъунэжщ. Нобэ дэ тщIар щапхъэ хъумэ, Хьэмырзэмрэ сэрэ абы дригушхуэнущ. Фыкъытщытхъуащ, ауэ Iуэхур псалъэ дыгъэлым фIэмыкIмэ, ди мурадыр къыдэхъулIакъыми, дигу къеуэнущ. Ар къытщыщIмэ, Къэбэрдейм КъэбэрдейкIэ ущIеджэжын щыIэкъым итIанэ.
ХьэтIохъущокъуэм и псалъэм еувалIэри, хасэм унафэ ищIащ: гъуэгури яхуэддэнкъым, быдапIи къредгъэщIыхьынкъым ди хэкум, хами зыхэдгъэтIысхьэнкъым...
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1942.txt"
} |
«Сэ хьэдэкIэ сату сщIыркъым»
Контр-адмирал Артюхов и кхъухьхэр 1838 гъэм мэлыжьыхь мазэм и 13-м Сочэ псым есылIащ, абдеж убыххэр къащыпэплъэрти, зауэр яублащ. Дзэр къащытегуплIэм, убыххэр икIуэтащ, сэлэтхэм лъагапIэ зыбжанэ яубыдащ; убыххэм шэр къытракIутащ, къебгъэрыкIуащ, арщхьэкIэ хы Iуфэм Iут къуажэр, Сочэ, сэлэтхэм фIаубыдащ.
Къуажэм пэмыжыжьэ лъагапIэхэм етIуанэ махуэм убыххэр къытеувауэ ялъэгъуащ - хэт шууэ, хэт лъэсу. КъызэрыщIэкIамкIэ, убых зауэлIхэм я ныкъуэрат абдеж дзэм къащыпэувар, я ныкъуэр Мамай деж щыпэплъэрт урыс кхъухьхэм - абдежи дзэр къащытеуэн я гугъати.
МАХУЭ зыбжанэкIэ зэпэщIэтащ убыххэмрэ Сочэ деж щитIысыкIа дзэмрэ - тIуми цIыху куэд яфIэкIуэдащ. Мэлыжьыхьым и 17-м урыс дзэпщым деж къэкIуащ Бэрзэдж Джырандыкъуэ. КъыщIэкIуар къаукIахэм я хьэдэхэр ихьыжын щхьэкIэт. Пэрыуакъым - хьэдэхэр иратыжащ. Джырандыкъуэ къажриIащ убыххэр, дэнэкIи къикIыурэ, хы Iуфэм зэрыщызэхуэсыр - кхъухькIэ кърашэлIа дзэм къезэуэн щхьэкIэ. Генерал Симборскэм Бэрзэдж Джырандыкъуэ тхылъ иритащ. Тхылъым итт, урыс пащтыхьым и IэмыщIэ зралъхьэн мурад ящIмэ, убыххэм паубыд псори. Джырандыкъуэ убых хьэдэхэр ишэжащ, тхылъри здихьащ.
Сочэ деж щаубыда хы Iуфэм быдапIэ щаухуэн щIа-дзащ урысхэм, убыххэр къахэуэ щхьэкIэ, я Iуэхур зэпагъэуакъым - абдеж щаухуа быдапIэм пащтыхьым и къуэм и цIэр (Александр) фIащащ. БыдапIэ ныкъуэщIым щIэх-щIэхыурэ къебгъэрыкIуэ бгырысхэм ираутIыпщащ ротэ зыбжанэ, абыхэм Сочэ псыхъуэ убых къуажитI щагъэсащ. Абы и ужькIэ зауэр нэхъри зэщIэплъащ, хы Iуфэм щитIысыкIа сэлэтхэм шыжьэрыутIыпщкIэ къахэлъадэ зэпытащ убыххэр - я псэ еблэжакъым, дзэми удын гуащIэ кърадзащ. Ар зи нэгу щIэкIахэм ящыщ зым, Лорер Николай (декабристщ, бгырысхэм къезауэ дзэм хэтащ, Кавказым къагъэкIуа нэужь) игу къигъэкIыжыгъащ: «ИгъащIэкIэ сщыгъупщэжынукъым абдеж щыслъэгъуар: бгырыс шууитI, шы пщIэгъуалэ тесу, къытхэлъэдащ, фоч кIэщIыр къыттраунащIэри, я сэшхуэхэр кърапхъуэтащ. ТIуми ящIэрт къызэремылынур, итIани къэдзыхакъым».
Зауэр зэпыуа нэужь, бгырыс шу зыбжанэ хьэдэшэж къэкIуащ. Хьэдэхэр ящэхужынут абыхэм, ауэ генерал Раевскэм уасэ къаIихын идакъым: «Сэ хьэдэкIэ сату сщIыркъым», - яжриIащ. ЯжриIащ, урыс пащтыхьым и IэмыщIэ зралъхьэмэ, бгырысхэм зауэ-банэр зэращхьэщыкIынур.
Урыс пащтыхьым и унафэм ипкъ иткIэ, Навагинскэ, Тенгинскэ полкхэр, сапер ротитI, къэзакъ полкитI Субаший деж къыщитIысыкIащ. Дзэм я унафэщIыр генерал-лейтенант Раевскэрат - аращ кхъухьым япэ къикIар. Субаший деж быдапIэ (форт) щаухуэн хуейти, арат дзэр абдеж къыщIагъэтIысар. Сажнэ щэ ныкъуэ хуэдизкIэ къабгъэдэкIуатэри, убыххэр дзэм къахэуащ, ауэ топышэр къыщытракIутэм, икIуэтыжын хуей хъуащ.
Шахэ деж щекIуэкIа зауэм теухуауэ генерал Раевскэм итхыжащ: «Зауэр дгъэувыIа щIыкIэтэкъым убых тхьэмадэ зыбжанэ си деж къыщыкIуам - хьэдэшэж. Абыхэм яхэтащ лъэпкъ цIэрыIуэм къыхэкIа, зи лIыгъэкIи цIэрыIуэ Бэрзэдж Беслъэн. Убых уэркъ Тулъпари ящIыгъуащ тхьэмадэхэм - абы и пщIэри щылъагэщ бгырысхэм я деж; азов къэзакъхэм Сочэ деж щаубыдауэ щытащ абы и кхъуафэр, езыри зэрису. Нэгъаби хуэдэу, хьэдэкIэ сату зэрызмыщIыр яжесIащ убыххэм. Зауэм щыIухьэм деж убыххэм тхьэ яIуэ я хьэдэ е я уIэгъэ зэуапIэм кърамынэну. Ар зылъэмыкIым и напэр текIауэ ялъытэ бгырысхэм. Уасэ щIамыту я хьэдэр ептыжмэ, бгырысхэм фIыщIэ къыпхуащIынущ, ар зэи ящыгъупщэнукъым.
Унафэ сщIыри, бгырыс хьэдэхэр зэхуезгъэхьэсащ - 48-рэ хъурт; зы уIэгъэ хьэлъэ къахэкIащ, и псэ пыт къудейуэ. Тхьэмадэхэм я лъэпкъэгъу лIитI къацIыхужащ - тIури шу пашэхэм ящыщт, я лIыгъэкIэ цIэрыIуэ хъуауэ. Нэхъапэми зэражесIауэ, бгырысхэм есIуэкIащ къытпэувкIэ къызэрытпэмылъэщынур, къызэрытпэувын Iэщи зэрамыIэр, я щхьэр хамылъхьэ щIыкIэ зауэр ягъэувыIэмэ, езыхэм я дежкIэ зэрынэхъыфIыр. Си псалъэмрэ яхуэсщIамрэ я гуапэ хъуагъэнщ убыххэм: я дзыхь къызагъэзри, къызжаIащ зауэм хэкIуэдам я бжыгъэр зэрамыщIэр, я лъэпкъэгъу куэд зэрафIэкIуэдар. Ерыщ екIуауэ Шахэ деж къыщIыщыдэзэуами щыгъуазэ сащIащ бгырысхэм: абдеж хы Iуфэм Iут хуей мэзыр я тхьэлъэIупIэти, ар я бийхэм Iэрамыгъэхьэн щхьэкIэ, я псэ еблэжынутэкъым».
Хы Iуфэм быдапIэ IуащIыхьащ генерал Раевскэм и дзэм, абы Головин и цIэр фIащащ; Псезуапэ хым щыхэхуэм деж щаухуа быдапIэм адмирал Лазаревым и цIэр фIащащ, езы генерал Раевскэм и цIэр фIащащ Анапэрэ ПцIэмэзрэ яку дащIыхьа быдапIэм.
ГЪУКIАКЪУЭ Инал.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1943.txt"
} |
Лъэпкъ щэнхабзэм и вагъуэхэр
Илъэс къэс гъатхэпэм и 25-м УФ-м щагъэлъапIэ Щэнхабзэм и лэжьакIуэм и махуэр. 2007 гъэм и шыщхьэуIу мазэм къэралым и Президент Путин Владимир абы теухуа унафэм Iэ щIидзауэ щытащ. А махуэр убзыхуныр и жэрдэмт УФ-м щэнхабзэмкIэ и министр Соколов Александр. Абы и къэпсэлъэныгъэм къызэрыхигъэщамкIэ, гъатхэпэм и 25-м ди къэралым и хэгъуэгу куэдым щэнхабзэм и лэжьакIуэм и махуэр щагъэлъапIэми, псоми зэдайуэ зы пIалъэ пыухыкIа ямыIэу къекIуэкIырт.
ЦIыхур къызэригъэщIрэ щэнхабзэм хуеIэу, абы и курыхыр и плъапIэу зэрыщытым и фIыгъэщ иджырей лъагапIэхэр щIызыIэригъэхьэфар.
А IэнатIэ мытыншым пэрыт дэтхэнэми и къалэныр инщ. Ар къызэрыгуэкI цIыхум имылъагъур зыхэзыщIэщ, игу къэмыкI гупсысэм лъэIэсыфщ. Аращ цIыху гъащIэр щIэщыгъуэ, хьэлэмэт зыщIыр, къызэрыгуэкI махуэр хэзыIэтыкIыфыр.
Щэнхабзэр къыгуэхыпIэ имыIэу зэпхар цIыхум и творчествэм и закъуэкъым, атIэ ар махуэ къэси ди гъащIэм хэтщ. ЩIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, щэнхабзэр цIыхум къыхуэгъэщI дахагъэ гуэрщ, гум екIуэлIэжрэ псэр зыгъэин, гушхуэныгъэ къыпхэзылъхьэ къару абрагъуэщ.
УщымыгуфIыкIынкIэ Iэмал иIэкъым щэнхабзэм и лэжьакIуэ пэрытхэр дызэриIэм. Абыхэм ящыщ зыбжанэм нобэ ди гуапэу я гугъу фхуэтщIыну дыхуейт.
Къэбэрдей-Балъкъэр, Ингуш республикэхэм щIыхь зиIэ я артист, хорым и дирижёр, композитор, уэрэджыIакIуэ Зеущэ Iэуес ди республикэми нэгъуэщI щIыналъэхэми фIыуэ къыщацIыху. Ар ящыщщ лъэпкъ эстрадэм зи лъагъуэ щыпхызышыж зырызхэм.
Уэрэд 200-м нэблагъэ и Iэдакъэ къыщIэкIащ Iэуес. Ар ядолажьэ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэхэу Сокъур Ольгэ, Даур Иринэ, Тхьэгъэлэдж Светланэ, Ракитинэ Иринэ, Мамбэт Мадинэ, Батыр Мухьэдин, Ташло Алий, Хъупсырджэн Албэч, Теппеев Алим, «ИМАН» гупым, нэгъуэщIхэми.
Бахъсэн къалэ дэт ЩэнхабзэмкIэ уардэунэм и унафэщIу Iэуес илъэсийкIэ лэжьащ. ЦIыху мин 57-м щIигъу зыдэс къалэм абы гуфIэгъуэ зэхыхьэ куэд екIуу, нэгузыужьу къыщызэрегъэпэщ. Рок унэтIыныгъэми зыщригъэужьащ Зеущэм Бахъсэн къалэ. Мэршэнкъул Заурбэч зи унафэщI «Baksan» рок-гупыр куэдым фIыуэ ялъагъу. 2013 гъэм КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм иригъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, Бахъсэн къалэм ЩэнхабзэмкIэ и уардэунэр республикэм щынэхъыфIхэм ящыщщ.
Щэнхабзэм и лэжьакIуэм и махуэм ирихьэлIэу дэ упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащ Бахъсэн къалэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм и унафэщIым и къуэдзэ Зеущэ Iэуес.
- Iуэху гъэщIэгъуэнхэр зэревгъэкIуэкIым сыщыгъуазэщ, Iэуес. Абыхэм я гугъу къытхуэпщIамэ арат.
- Сыт хуэдэ IуэхущIапIэми хуэдэу, дэри илъэсым тщIэнур дубзыхуауэ щытщ. Къапщтэмэ, зы илъэсым дауэдапщэу 150-м нэблагъэ идогъэкIуэкI. Абы къищынэмыщIауэ, къэрал махуэшхуэхэм дыхэтщ, щIыналъэм щыпсэухэм я нэгу зыдогъэужь. Хэгъуэгузэхуаку, дунейпсо, республикэпсо фестивалхэм ди зэфIэкI щыдогъэлъагъуэ. Гъуазджэр, цIыхубэм я Iэужь дахэхэр хъумэным, абы зегъэужьыным махуэ къэс долэжь. ЦIыхухэр щэнхабзэ гъащIэм къыхэтшэну ди мураду, Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэр къыдогъэсэбэп. Нэгузыужь концертхэр, махуэшхуэ зэхыхьэхэр, зэпеуэхэр, псапащIэ Iуэхухэр, ЩэнхабзэмкIэ унэм щылажьэхэр дызэдэIэпыкъуурэ, къызыдогъэпэщ. Хэку зауэшхуэм и ветеранхэм, зи Iэпкълъэпкъыр тэмэму къызыдэмыбзхэм, зи ныбжь хэкIуэтахэм, бын куэд зыпI унагъуэхэм гулъытэ нэхъыбэ зэрахуэтщIыным яужь дитщ. ЖысIэну сыхуейт, къыдэкIуэтей щIэблэм я творческэ зэфIэкIым зегъэужьынми дызэрыхуэнабдзэгубдзаплъэр. ЩэнхабзэмкIэ унэм и творческэ гупхэу «ДжэгуакIуэ», «Бахъсэн ауз», Бахъуэ БетIал и цIэр зезыхьэ цIыхубэ театрыр, «Вагъуэ цIыкIухэр», «Модис» къэфакIуэ ансамблхэр щIыналъэм, хэгъуэгум щекIуэкIа зэпеуэхэм мызэ-мытIэу къыщыхэжаныкIащ. Апхуэдэхэщ «Iуащхьэмахуэ и щыгу щагъэзащIэ къафэхэр» (2009), «Дон щыпсэу лъэпкъхэр унагъуэ зэгурыIуэщ» (Дон Iус Ростов, 2009), «YALOVA FOLKLOR» (Тырку - 2012, 2014 гъ.гъ.), «Рампа Дружбы» (2010), Адыгэ щэнхабзэм и фестиваль (Адыгэ Республикэ, 2010), «Rock show in Baksan» (2013), «Nal-Rok» (2013) фестивалхэр, нэгъуэщI куэди.
Ди усакIуэ щэджащэ ЩоджэнцIыкIу Алий Хэку зауэшхуэм и зэманым Бобруйск деж зэрыщыхэкIуэдам куэд щыгъуазэщ. 2012 гъэм абы къыщызэрагъэпэща дунейпсо фестивалым драгъэблагъэри зыкъыщыдгъэлъэгъуащ.
- Лъэпкъым и пщэдейр зэлъыта щIэблэр щэнхабзэ Iуэхухэм къыфхуешалIэрэ?
- ЩIэблэм ядэлэжьэныр ди къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ. Бэрэбанэ, пшынэ еуэнымкIэ, лъэпкъ къафэхэмкIэ, уэрэд жыIэнымкIэ гупжьейхэр диIэщи, хуей псори къокIуалIэ. УнэтIыныгъэ куэдымкIэ дадолажьэ ди щIэблэм.
- ЩэнхабзэмкIэ унэм и унафэщIу узэрыщыта пIалъэм зэфIэвгъэкIа Iуэхухэм утезгъэпсэлъыхьынут.
- ЩэнхабзэмкIэ унэм и пэш 13 зетхьащ, къафэм зыщыхуагъасэ пэшхэм я унэлъэгухэр, щхьэгъубжэхэр зэтхъуэкIащ, къызэдгъэпэщ дауэдапщэхэм еплъыну къытхуэкIуэхэр зытесыну шэнти 140-рэ къэтщэхуащ, бжэ 14 тхъуэжащ. Иджыри къэс ди къарукIэ унэр зэтетIыгъами, адэкIэ дыпэлъэщыжынутэкъым. Бахъсэн къалэ администрацэм и унафэщI Мамхэгъ Хьэчим и фIыгъэкIэ программэм дыхагъэхьащи, ЩэнхабзэмкIэ унэр мыгувэу къызыхуэтыншэу тхузэрагъэпэщыжыну дыщогугъ. Псом нэхърэ нэхъыщхьэращи, длэжьыр гунэс ящыхъуу цIыхухэр къокIуалIэ.
- Иджыпсту уи лэжьыгъэр сытым нэхъ теухуа?
- УнафэщI къулыкъум сытетыху, ЩэнхабзэмкIэ унэр зыхуей зэрыхуэзгъэзэным, абы щылажьэхэм лей къатезмыгъэхьэным яужь ситащ. Иджы си псэм хэлъ щэнхабзэм хуиту сыхуэлэжьэну Iэмал сиIэщи, зи гугъу фхуэсщIа мурадхэр догъэзащIэ, творческэ гупсысэхэр гъащIэм хыдопщэ. Мы гъэм зи ныбжьыр илъэс бжыгъэ дахэ ирикъухэу композиторхэу Жырыкъ Заур, ХьэIупэ ДжэбрэIил, тхакIуэ Сонэ Абдулчэрим сымэ я пшыхь къызэдгъэпэщащ. МафIащхьэтыхьри пасэрей адыгэхэм я хабзэм тету Iэтауэ дгъэлъэпIащ.
Ди лэжьыгъэр зэредгъэфIэкIуэным яужь дитщ, ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, дызыхуеину IэмэпсымэхэмкIэ ирикъуу дыкъызэрызэмыгъэпэщам делъахъэ. Псалъэм папщIэ, видеонэтынхэр къызэрагъэлъагъуэ проектор дыхуэныкъуэщ. Ар диIамэ, ди пшыхьхэр нэхъ гъэщIэгъуэн тхуэщIынут.
- Уэрэд куэд уи Iэдакъэ къыщIэкIащ. Птхыхэр зызыхъуэж зэманым декIуу щытын хуейуэ къэзылъытэхэри щыIэщ. Уэ зыдэбгъэшрэ зэманым?
- Музыкэм иIэну гъащIэр елъытащ а упщIэм. Сэ къызэрысщыхъумкIэ, си IэдакъэщIэкIхэм зэманым и нэпкъыжьэ ятелъкъым, ахэр классикэ жыпхъэм нэхъ пэгъунэгъущ. Усэ къыхэсххэри зытеухуар сыт хуэдэ лъэхъэнэми дызыгъэпIейтей Iуэхущ. ИлъэсыщIэ уэсым теухуауэ, Мырзэ Залымджэрий и усэр и лъабжьэу, акапельнэ хорым иджыблагъэ уэрэд хуэстхащ. Залымджэрий и усэхэр газетым тету слъагъури, макъиплI зэщIэжьыуэкIэ уэрэд стхыну сигу къэкIат. Апхуэдэу, КъардэнгъущI Зырамыку жиIэу щыта уэрэдхэм селэжьыжауэ къыдэзгъэкIыну согъэхьэзыр.
- ЛъагапIэ инхэр зыIэрызыгъэхьэфа, творческэ зыужьыныгъэ ин зыгъуэта цIыхум и хъуэпсапIэми сыщIэупщIэнут.
- Творчествэм ехьэлIа си мурад згъафIэхэр къызэхъулIэну сыхуейт. Совет зэманым уи гупсысэр гъащIэм хэппщэну куэдкIэ нэхъ тыншт, худсоветыр хэплъэрти, Iуэхур утыку къипхьэ хъуну къалъытэмэ, къыбдэIэпыкъурт. Иджы мылъку зиIэращ зи Iуэху дэкIыр.
Епсэлъар Щомахуэ Залинэщ.
ЛIэщIыгъуэ ныкъуэ нэблагъэкIэ узэIэбэкIыжрэ лъэпкъ гъуазджэм и зыужьыныгъэм уриплъэжмэ, абы зи гуащIэ хэзылъхьа уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэхэм я цIэхэр мымащIэу къипIуэфынущ. Ауэ абыхэм ящыщу классикэ уэ-рэд жыIэкIэр къэзыгъэIурыщIэфахэр закъуэтIакъуэххэщ. Эстрадэ уэрэд гъэзэщIэкIэр щытепщэ нобэрей зэманыр къапщтэмэ, зи макъыр лъэщу, классикэ макъамэм хуэунэтIауэ зэтегъэпсыхьа-зэтеухуауэ щыIэр зырызыххэщ. Абыхэм ящыщщ Адыгеймрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ щIыхь зиIэ я артист Гуазэ Тимур. И лэжьыгъэм, фIыуэ илъагъу IэщIагъэм, дяпэкIи зыхуигъэувыж къалэнхэмрэ мурадхэмрэ ятеухуауэ иджыблагъэ абы депсэлъылIащ.
- Тимур, гъуэгуанэ дахэ, IэщIагъэ гъэщIэгъуэн къыхэзыхауэ гъащIэм зи лъагъуэ щхьэхуэ щыпхызышыж дэтхэнэ цIыхуми уепсэлъылIэн щыхъукIэ, япэу зыщIэупщIапхъэр абы и къыщIэ-дзапIэрщ. Уэрэд жыIэным сыт щыгъуэ гу хуэпщIат икIи хэт абы удригъэхьэхат?
- Сэ зызэрысщIэжрэ уэрэд жызоIэ… СызэрыцIыкIурэ. Сыщалъхуа жылэжьым - Тэрч щIыналъэм хыхьэ Ботэщей къуажэм - и курыт еджапIэм сыщыщIэсым еянэ гъэ еджэгъуэр къэдухыхукIэ музыкэмкIэ дерсхэм уэрэд щыжысIащ, абы иужькIэ а предметым демыджэжу хуежьэри, си уэрэд жыIэнри тIэкIу нэхъ кIащхъэ хъуащ. Класс нэхъыжьхэм сыщыщIэсым уэрэджыIакIуэ сыхъуным сегупсысыххакъым, атIэ математикэмрэ информатикэмрэ фIыуэ сщIэрти, КъБКъУ-м и инженер-техникэ къудамэм сыщIэтIысхьэну си мурадащ. Ди унагъуэкIэ щыгъэтауэ, лъэпкъкIи къытхэткъым макъамэр, уэрэд жыIэныр IэщIагъэ зыхуэхъуа, абыкIэ щапхъэ зытесхыни сыкъэзыухъуреихьхэм яхэтакъым - ар къыздалъхуауэ, сэ езым схэлъу сыкъэхъуауэ къыщIэкIынущ. АрщхьэкIэ зэфIэкI пхэлъыныр мащIэщ, ар зыузэщIын, гъуэгуанэ щхьэхуэм ухуэзыунэтIын гъащIэм ущримыхьэлIэмэ…
- Мис а гъуэгуанэм утезышахэм е абы утехьэнымкIэ сэбэп къыпхуэхъуахэм, уи япэ творческэ лъэбакъуэхэм нэхъ гупсэхуу я гугъу уэзгъэщIынут.
- Курыт еджапIэр къэзуха къудейуэ, адэкIэ здэзунэтIынур убзыхуа мыхъуауэ, зы махуэ гуэрым зэрымыщIэкIэ гъуэгум дыщызэрихьэлIауэ щытащ а лъэхъэнэм къызэIуахагъащIэ (илъэсиплI хъууэ арат зэрылажьэрэ) Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтым и егъэджакIуэ Шэрыб Валерэрэ сэрэ. Дэ Тэрч щIыналъэм хыхьэ зэгъунэгъу къуажитIым, сэ - Ботэщей, ар - Астемырей, дыщыщти, нэхъапэкIи дызэрыцIыхуауэ, дызэнэIуасэу щытт. Абы и чэнджэщкIэ сыкъыщIэтIысхьащ езым щригъаджэ, иджы сэри нобэкIэ сыщылажьэ институтым. КъэпщытакIуэ гупым я пащхьэ щызгъэзэщIа адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьымрэ «По Дону гуляет казак молодой» уэрэдымрэ къызэхъулIауэ къалъытат. Абы ипкъ иткIэ институтым щIэтIысхьэнухэр щагъэхьэзыр курсым сыкъащтэри, илъэситIкIэ сыщеджащ. ИужькIэ япэ курсым сыщIэтIысхьащ.
- Классикэ уэрэд жыIэкIэм дауэ ухуэкIуа, псалъэм папщIэ, цIыхубэ уэрэд гъэзэщIэкIэр къыхыумыхыу?
- Япэрауэ, си макъым классикэ IукIэр, нэхъ тегъэчыныхьауэ жыпIэмэ - «лирическэ тенор»-кIэ дызэджэр - езым пкърышыпсыхьауэ пкърытт. ЕтIуанэрауэ, абы япэу гу лъызытэу классикэ жыIэкIэм и лъагъуэм, сыхуей-сыхуэмейми, сыхуэзыунэтIар институтым и ректор Рахаев Анатолэщ. А лъэхъэнэм - 1996 гъэм - Нэхущ Чэрим и творчествэр зэфIэувагъащIэу, ар псоми я нэIурыт-я щапхъэу щытти, а лъагъуэм техьэ дэтхэнэ ныбжьыщIэри абы ещхь дыхъуну дыщIэхъуэпсырт. Ректорым и деж сыщIыхьэу цIыхубэ уэрэд жыIэкIэр къызэрыхэсхар щыжесIэм, «уэ узыхуейм ухурагъэджэнущ» жиIэри сыкъыщIигъэкIыжауэ щытащ, ауэ сызыхурагъэджар си макъыр зыхуэунэтIа классикэрщ. ИужькIэ, пIалъэ дэкIыжауэ, еджапIэри къэзухауэ, институтым уэрэд жыIэн гъуазджэмкIэ и кафедрэм и егъэджакIуэ нэхъыжь, зи нэIэ сыщIэту седжа, си макъыр псыхьынымкIэ зи гуащIэшхуэ къызэзыхьэлIа КъуийцIыкIу Валерэ къызэрызжиIэжамкIэ, сэ сыкъыщIэкIыжа нэужькIэ, ар ректорым ириджэри унафэ къыхуищIат классикэ уэрэд жыIэкIэм тегъэпсыхьауэ сригъэджэну. Нобэр къыздэсми Рахаевым фIыщIэ хузощI си макъым гурыгъуазэкIэ зэрыпхыплъыфам, си зэфIэкIыр здэунэтIыпхъэ лъэныкъуэм псом япэу гу зэрылъитам папщIэ. ФIыщIэшхуэ хуэфащэщ си егъэджакIуэ КъуийцIыкIу Валери.
- ЕджапIэр къэбуха нэужь уи творческэ гъуэгуанэм дауэ зишэщIа? Япэ дыдэ дауэ утыку уихьа? Сыт бгъэзэщIа?
- Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтыр къыщызуха 2001 гъэ лъандэрэ къэрал филармонием, сыщеджа институтым камернэ ансамблымрэ концертмейстер IэзагъымкIэ и кафедрэм (2014 гъэ пщIондэ), уэрэд жыIэн гъуазджэмрэ дирижированиемкIэ и кафедрэм (2014 гъэм къыщыщIэ-дзауэ нобэ къэсыху) сыщолажьэ. 2008 гъэм щегъэжьауэ МузыкэмкIэ къэрал театрым срисолистщ. Япэ дыдэу сызыхэтар Леонкавалло Руджеро и «Паяцы» оперэрщ.
- Нэхъ гукъинэж пщыхъуауэ, нэхъыфI дыдэу плъагъуу сыт хуэдэ ролхэр, уэрэдхэр бгъэзэщIа? Иджыри бгъэзэщIэну узыщIэхъуэпс гуэрхэр щыIэ?
- Нэхъ гукъинэж сщыхъуахэм ящыщщ 2011 гъэм Адыгэ Республикэм срагъэблагъэу Нэхей Аслъэн и «Уафэгъуагъуэ макъ» («Раскаты далекого грома») оперэм Хьэгъур и партиер зэрыщызгъэзэщIар. А оперэр зыхуатхар драматическэ тенорым и макъыр арат (сысейр лирическэ тенорщ). Апхуэдэу щытми, едэIуахэм къызэрызжаIэжамкIэ, сыпэлъэщащ. Ар къызэхъулIауэ къалъытэри, «Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и артист» цIэ лъапIэр къысхуагъэфэщауэ щытащ. Апхуэдэуи, Леонкавалло Руджеро и «Паяцы» оперэм Арлекин и партиер, Рахманинов Сергей и «Алеко» оперэм Цыджан щIалэщIэм и ролыр щызгъэзэщIахэщ, Чайковский Пётр и «Иоланта» оперэм щыщу Водемон и партиер згъэхьэзыращ. Нэхъыбэ дыдэу сызыщIэхъуэпсыр композитор цIэрыIуэ Верди Джузеппе и «Травиата» оперэм хэт Альфред и ролыр згъэзэщIэныр аращ. Дызэрыт илъэсым ар ди театрым щагъэувыжыну мурад ящIащи, сыщогугъ а ролыр сэ къысхуагъэфэщэну.
- Макъамэм и сыт хуэдэ жанрхэр нэхъыфIу плъагъурэ, бгъэзащIэрэ? УэрэджыIакIуэхэм ящыщу хэт щапхъэгъэлъагъуэу щыт уи дежкIэ?
- Уэрэдыр зыгъэзащIэм абы псэ хилъхьэмэ, ар къехъулIэмэ, сыт хуэдэ жанрри дахэу утыку ирихьэфынущ, едаIуэхэм гунэс ящыхъун хуэдэу. Сэ, къапщтэмэ, оперэм щыщ ариехэр, романсхэр, неаполитан уэрэдхэр, адыгэ цIыхубэ уэрэдхэр, нэгъуэщIхэри бзэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ жызоIэ. Зи уэрэд жыIэкIэр нэхъ зэпэщауэ, зи макъыр нэхъ лъэщ дыдэу, абы хуэдэ иджыри куэдрэ къэмыхъужыну гунэс сщыхъур Паваротти Лучанэ и макъымрэ и уэрэдхэмрэщ. Ар икъукIэ зэфIэкI куу зыбгъэдэлъа цIыхущ.
- АдэкIэ уи лэжьыгъэ, IэщIагъэ и лъэныкъуэкIэ сыт хуэдэ мурадхэр, хъуэпсапIэхэр уиIэ? Щэху хэмылъмэ, уи творческэ гъащIэм и къэкIуэнум мащIэу дыхэгъэгъуазэ.
- Сызытет лъагъуэм адэкIи пысщэну, уэрэдыщIэхэм, ролыщIэхэм зеспщытыну, къызэщIэкъуауэ жыпIэмэ, сылэжьэну си мурадщ.
- Тхьэм къуигъэхъулIэ! Ди псалъэмакъым узэрыхэтам папщIэ фIыщIэ пхузощI!
Епсэлъар ХЬЭВЖОКЪУЭ Людмилэщ.
Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.
ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и лэжьакIуэ пажэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыхь зиIэ и артисткэ КIэхумахуэ ФатIимэ сценэм зэритрэ илъэс 25-м щIигъуами, и зэфIэкIым нэхъри хэхъуэ зэпытщ. Я къэухьыр здынэскIэ, гупсысэкIэкIэ, дуней тетыкIэкIэ зэхуэмыдэ бзылъхугъэхэм я ролхэр уи фIэщ хъууэ, уигу ящIэгъуу, е лъагъумыхъуныгъэ яхууигъэщIу мэджэгу ар. Къэрмокъуэ Мухьэмэд и «Лъагъуныгъэм и хьэтыркIэ», Абу Умар и «Лъагъуныгъэмрэ зэныбжьэгъугъэмрэ» тхыгъэхэр я лъабжьэу траха кинохэр хэт зымылъэгъуар?! Абыхэм ФатIимэ гуимыхужу щыджэгуащ.
- Театрыр щызимыIэж дакъикъэм сэр нэхърэ нэхъ насыпыншэ щIым тетынукъым, - къыддогуашэ ар.
Иужьрей зэманым театрым щагъэувахэм ящыщу балъкъэр тхакIуэ Ольмезов Мурадин и «Унэ лъапIэ» пьесэм ФатIимэ езым и цIэджэгъум и ролыр щигъэзэщIащ.
- Ди зэманымрэ ди цIыхухэмрэ хуабжьу зыхуэныкъуэщ, игъуэу ягъэува пьесэщ ар. Я нэпс къекIуарэ зыщIэгупсысыжу щIокIыж цIыхухэр а спектаклым еплъа нэужь. Адэ-анэмрэ абыхэм я щIэблэмрэ я зэхущытыкIэм, балигъ хъуа нэужь, быным я щхьэ Iуэху зэрыдэкIын фIэкIа, я нэхъыжьхэм зэремыгупсысу лей зэрытрагъэхьэм теухуащ ар. Уеблэмэ, спектакль нэужьым я адэ-анэхэм я деж телефонкIэ псалъэурэ, абыхэм я Iуэху зытетым зыщызыгъэгъуэза куэд зэрыщыIэр сощIэри, абы сегъэгуфIэ. Пьесэм и гупсысэ нэхъыщхьэр цIыхухэм я деж зэрынэтхьэсыфым ар и щыхьэтщ. А спектаклым щызгъэзэщIа ролыр зыкIи спэгъунэгъукъым. Си дуней тетыкIэм къыщхьэщыкI ролхэращ нэхъ къызэхъулIэр, уи зэфIэкIхэр къызыкъуэпхынымкIи сэбэп хъур апхуэдэхэращ, - жеIэ КIэхумахуэм.
ФатIимэ зыкъызэриумысыжымкIэ, абы ищIа ролхэм ящыщу нэхъыфIу илъагъур иужьрейуэ игъэзэщIарщ. Тхьэмахуэ дэкIмэ, Къэрмокъуэ Мухьэмэд «Лъагъуныгъэм и къарур» и пьесэм къытращIыкIа спектаклым и премьерэ щыIэнущ. Илъэс 25-рэ ипэкIэ а спектаклым ДыщэкI КIунэрэ ТIыхъужь Алийрэ щыджэгуу щытати, абыхэм я фэеплъу ар къагъэщIэрэщIэжащ.
Къэрмокъуэм и Iэдакъэ къыщIэкIа «Лъагъуныгъэм и хьэтыркIэ» пьесэращ ФатIимэ нэхъыбэу цIэрыIуэ зыщIари, дыщогугъ иджырейми апхуэдэ щытхъурэ щIэупщIэрэ иIэну. А псом къыщымынэу, абы таурыхъхэм хэт лIыхъужьхэм я псэлъэкIэхэр хьэлэмэту егъэIу.
- Си лэжьыгъэмрэ си унагъуэмрэ сахэдэн хуей Тхьэм симыщIкIэ. ЗэрысхузэфIэкIкIэ, лъэныкъуитIри зэрызмыгъэныкъуэным яужь ситщ, - жеIэ артисткэм. - Си жей къэтми, гугъу сехьми, а тIури къызыхуэтыншэу зэрызэдэсхьыным сыхущIокъу. Уи унагъуэр бгъэныкъуэу уи лэжьыгъэр зэфIэбгъэхьэкIэ мыхьэнэ иIэкъым. Пщэдджыжь къэс Къэрэгъэш сыкъокI. Гъуэгур къыщызэхьэлъэкIхэм деж Москва дэсхэм зызолъытри (абыхэми зэманышхуэ трагъэкIуадэ гъуэгум), си гур фIы сощIыж. Сытхьэусыхэркъым, тхьэусыхэрейхэри сфIэфIкъым. Си унагъуэм, гуащэ-тхьэмадэм си Iуэхур къызэрыздаIыгъым, сызэрызэхащIыкIым къару мыкIуэщI къысхелъхьэ. ФIыуэ слъагъухэр схуэузыншэмэ, абыхэм я хэщIыныгъэ сымылъагъуу сыпсэумэ, сынасыпыфIэщ. Адрей псори, гугъу зебгъэхьмэ, пхузыIэрыгъэхьэнущ.
«ЦIыху гуфIэрейхэм я гум куэд ща- гъэпщкIу», - псалъэ пэжхэм зыщIыпIэ сыкъыщеджауэ щытащ. Сэ гъащIэр фIыуэ солъагъу, сыгуфIэну Iэмал сиIэу сынэщхъеинукъым. Сыкъэзыухъуреихь цIыхухэм зэрызатезмыгъэхьэлъэным яужь ситщ. Мы гъащIэм си пщэ къыщыдэхуэ роль псори нэгъэсауэ згъэзэщIэну, лъэужьыфIэ сыхъуну сыхуейщ.
Инэрокъуэ Данэ.
Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.
Темыркъан Юрий - дирижёр, СССР-м и цIыхубэ артист,
СССР-м, РСФСР-м я Къэрал саугъэтхэм я лауреат
Гъэсашэ Наталье - уэрэджыIакIуэ, УФ-м и цIыхубэ артисткэ,
КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат
Къардэн Хьэсэн - композитор, УФ-м и цIыхубэ артист,
КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат
ЖьакIэмыхъу КIунэ - актрисэ, Урысей
Федерацэм щIыхь зиIэ и артисткэ,
КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат
Бещтокъуэ Хьэбас - КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ
Къэзан Сэтэней - КъБР-м, АР-м, КъШР-м щIыхь зиIэ
я артисткэ
Зумакуловэ Танзиля - КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ,
РСФСР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат
Теувэж СулътIан - режиссёр, УФ-м
гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ
Бейтыгъуэн Сэфарбий - тхыдэдж, тхакIуэ, публицист
Тут Заур - УФ-м, Къэбэрдей-Балъкъэр, Адыгэ, Къэрэшей-Шэрджэс, Осетие Ищхъэрэ,
Дагъыстэн республикэхэм я цIыхубэ артист
Пащты Герман - УФ-м и цIыхубэ сурэтыщI
Котляровэ Марие - УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ
Хьэмыку Жаннэ - актрисэ, КъБР-м и цIыхубэ артисткэ
Хъупсырджэн Албэч - оперэ уэрэджыIакIуэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артист
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1944.txt"
} |
Мэрем пшыхь
Тхыгъэ кIэщIхэр
Щытхъуащ
- СщIа сурэтхэр плъэгъуа?
- Слъэгъуащ.
-АтIэ дауэ къыпщыхъуа?
- Шырыкъу Хъызыр ейхэм нэхърэ нэхъыфIщ.
- Iагъу, ар дауэ? Шырыкъум сурэт ищIыркъым.
- Сэри аращ щIыжысIэр.
Нолым и зэфIэкIыр
ТIур Щым хуэзащи хуотхьэусыхэ?
- Сыту хьэтырыншэ мы Нолыр! Зы къызэт жысIэри селъэIуати, тхьэ иIуащ имыIэу.
- НтIэ сэри къызимытыну пIэрэ, згъэунэхунти, - жиIэри Щыр Нолым деж кIуащи, йолъэIу:
- Ей, Ноль, хуабжьу сыхуэныкъуэ хъуащи, кхъыIэ, Зы е ТIу къызэт хьэхуу.
Нолыр абы гуапэ дыдэу къыIущIащ.
- Айэ, уэстынт, Щы! Хьэху зрамытыр уэ пхуэдэ! Ауэ, уэлэхьи, сэ Зыи ТIуи симыIэ. Дэнэ къисхын? Сыхъурей закъуэу дунейм сытетщ. Сэ слъэкIыращи, зи ужь сиувэ бжыгъэр куэдкIэ согъэбэгъуэф. Уи фIэщ мыхъумэ, уи ужь сигъэувэ - занщIэу ЩэщI ухъунущ.
- А жыхуэпIэр сыту хъарзынэ! Къиувэ си ужьым!
Арати, Щыр ЩэщI хъуауэ къыздэкIуэжым, аргуэру ТIум хуэзэжащ, арщхьэкIэ мобы Щыр къицIыхужыркъым, ЩэщI хъуащи.
- Уэ, ТIу, ущыуащ, Нолым зыри зэримыIэр умыщIэу уелъэIуащ, армыхъумэ ар хьэтырыфIэ гуэру къыщIэкIащ, - жиIащ Щыуэ щытам. - Мис, сэ си ужь къиувэри, си зэфIэкIыр куэдкIэ нэхъ ин ищIащ - сэ иджы ЩэщI сыхъуащ. Уэри уи ужь Ноль игъэуви, ТIощI ухъунущ. ИтIанэ абы гукъанэ хуэпщIыжынкъым.
Чэзу зимыIэ щыIэкъым
ПщIантIэр ихъумэу епхауэ зи гъащIэр зыхьа, жьы хъууэ зи пщэм пщэхъур ирахыжу яутIыпщыжа хьэр иджы зыкIи хуеижтэкъым апхуэдизрэ зыщIэхъуэпса хуитыныгъэм. ЩIэст ар иджыри къэс зыщIэса, зэса хьэунэм. Ауэ куэд мыщIэу абы къыщIахуащ. Пщэхъу илъу пщIантIэм дэтт а унэм дяпэкIэ щIэсыну хьэ щIалэ лъэщыр.
Езыри ираупщIыкIынущ
ЖыгитI зэбгъэдэтым я зыр къагъэуати, адрейр гуфIэрт, «иджы си лъабжьэм уэшхыпс нэхъыбэ щIыхьэнщ!» - жиIэу. Ар егупсысыртэкъым езыри зэгуэр зэрыраупщIыкIынум.
Къагъырмэс Борис.
Гупсысэр - псалъэкIэ
Ясминэ хьэмэ Дахэжан?
Дунейм къытехьа сабийм цIэ фIэщыным епха Iуэхум мыхьэнэшхуэ ирату ижь-ижьыж лъандэрэ къэгъуэгурыкIуащ адыгэхэр. Къыхаха цIэм сабийм и гъащIэр зэрыхъунур куэдкIэ елъытауэ къащыхъурт. Абы къыхэкIыуи, нэхъыбэу ар пщэрылъ зыщащIыр пщIэ зыхуащI цIыхут. Iуэхум хабзэ дахи къыдогъуэгурыкIуэ: сабийм цIэ фIэзыщIам Iэмал имыIэу цIэфIэщ джанэ игъэхьэзырыжын хуейщ, нэгъуэщIу жыпIэмэ зы фэилъхьэгъуэ гуэркIэ хуоупсэ.
Псалъэм папщIэ, сабийм фIащыну цIэр къызэрыхахым теухуауэ МафIэдз Сэрэбий и тхылъым къыщегъэлъагъуэ мыпхуэдэ Iуэхугъуэхэр:
- лъэпкъым, къуажэм и цIэр фIыкIэ зыгъэIуа цIыху Iумахуэм зэрихьэ цIэр сабийм ирату щытащ, абы ещхь хъужынущ жыхуаIэу;
- нарт эпосым къызэрыщыгъэлъэгъуэжащи, щIалэ цIыкIу къалъхуа нэужь, и адэм и цIэр иратыжырт, «къуэ» псалъэр пагъэувэрти. Щапхъэу къэпхь хъунущ Бэдын и къуэ Бэдынокъуэ. Ещхьыркъабзэу, нартхэ хабзэу яIащ унагъуэм хъыджэбз цIыкIу къихъуамэ, абы и анэм и цIэр иратыжу. Псалъэм папщIэ ар IупщIу къыщыгъэлъэгъуащ «Мэлычыпхъу и пшыналъэм». Абы и анэм зэреджэ Мэлэч цIэр иратыжащ, «пхъу»-р пагъэувэри;
- сабийр дунейм къыщытехьа пIалъэм къриубыдэу а унагъуэм хьэщIэ лъапIэ къахуэкIуамэ, абы и цIэр фIащу щытащ.
Япэм адыгэхэм цIэ зэрыфIащу щыта хабзэхэр нобэ унагъуэхэм я нэхъыбэм IэщIыб ящIыжащ. Иджыпсту дэтхэнэ зы адэ-анэри хущIэкъу хуэдэщ зыми емыщхьу икIи нэхъ гъэщIэгъуэну я быным цIэ зэрыфIащынум. Абы щыгъуэми, ди жагъуэ зэрыхъущи, куэдыр егупсысыркъым цIэ къыхаххэм я мыхьэнэр зыхуэдэм.
Сыт хуэдэ цIэхэр фIащрэ иджырей сабийхэм?! Ясминэ, Асидэ, Леонеллэ, Сандринэ, Санитэ, Элантэ, Камиллэ, Сафие, Мелиссэ, Дамир, Имран, Айдар, Алхан, Нариман… Мыхэр, шэч хэмылъу, цIэ дахэщ, ауэ псори хамэбзэм къыхэкIащ.
ДызыщIэвгъэгупсысыжыт: франджыхэм, инджылызхэм, нэмыцэхэм, тыркухэм, хьэрыпхэм я бынхэм фIащыну пIэрэ Дыгъэшыр, Гуащэдахэ, НысэIэфI, Сэтэней, Данэ, Дахэжан, Дыщэнэ, Пщымахуэ, Нартщауэ, Ашэмэз, Шумахуэ, хуэдэхэр?
Тамбий Заремэ.
ГушыIэхэр
Сэлам щхьэкIэ сыбампIэрэ сэ
«Волгэм» ису блэж лIыщхьэм сэлам ирихащ Чэрим.
- Укъилъэгъуакъым а сэлам зэпхам, - жиIащ Дизыкъуажэ, и псэлъэгъум зыхуигъазэри. - МашинэкIэ блэжым сэлам щIепхыр сыт?!
- Уэлэхьи, абы и сэлам щхьэкIэ сымыбампIэ, ауэ пщэдей си щхьэ Iуэху гуэркIэ сыхуейти аращ.
И ныкъуэр сиIащэрэт
ЗэлIзэфызыр зэфIэнат.
ЛIым и псалъэр зэпиуду фыз губжьам:
- Сыту акъылыншэ ухъуа, дыдыд Iей мыгъуэ! - щыжиIэм:
- Бетэмал, нэгъуэщI мыхъуми, а иджы сиIэ акъылым и ныкъуэр сиIащэрэт уэ пэшэгъу усщIыну сигу къыщихьам щыгъуэ, - пидзыжащ лIым.
ЖыIэгъуэхэр
Акъыл кIэщIыр кIыхьу мэпсалъэ
Мылъку гуэшыным зауэ пэгъунэгъущ.
Удахэкъым зыжепIа цIыхубзым зыщыхъумэ.
Лъэпкъ бгъэкIуэдынумэ, мыхъумыщIэу хэлъыр гъэбагъуэ.
Щхьэщытхъум и пщIэр жыжьэ нэсыркъым.
Жьым хуэпщI пщIэр уи жьы хъугъуэм бгъуэтыжынщ.
ГъунэгъуфI зиIэм дэIэпыкъуэгъу иIэщ.
Гугъуехь зымылъэгъуам тыншыгъэр зыхищIэркъым.
Адэ хуэмыщIам деж бын пэтрэ кIуэрейкъым.
Шынагъуэ хэмыхуа лIыр лIыхъужьым хабжэркъым.
ЦIыхум я нэхъ щабэм, хъийм къипшмэ, гущIэгъур фIокIуэд.
Езыгъэлейм удын нэхъыбэ къылъос.
ЦIыхур зэрыпсэур мащIэщ, а гъащIэ тIэкIури зэныкъуэкъуу яхь.
УпIащIэу унафэ къыумыщтэ, упIащIэу псэуэгъу къыхыумых, къэпщта унафэр гъэзащIэ, хэпха псэуэгъур Iыгъыф.
Анэм и лъагъуныгъэм мылри егъэткIури, мафIэри егъэупщIыIу.
Щытхъур Iэщэ лъэщщ - хэти къегъапцIэ, хэти къехьэху.
Ауану зэхэлъыр ауан щIынкIэ ерыщщ.
Акъыл кIэщIыр кIыхьу мэпсалъэ.
Адыгэ лъэпкъым зэгурымыIуэ къыхэзылъхьэр лъэпкъым и бийщ.
Балигъым хужымыIэр сабийм щиIуатэ къохъу.
Гъуэгу зрамытым и гъуэгур хузэIухи, гъуэгу къезымытхэм япэ ищынщ.
Ажэр бажэм ныбжьэгъу хуэхъунукъым.
Чэнджэщыр фIыщ, чэнджэщэгъум Iуэхум куууэ хищIыкIмэ.
ЩIэм махуэ къэс хохъуэри, жьым махуэ къэс хощI.
ЩIыгу зимыIэж лъэпкъыр цыджан пэлъытэщ.
IуэхуфIкIэ гъэнщIа гъащIэр кIыхьщ.
ГубэщIыкI Владимир.
КIагуэ Iэгъуапэншэ
Гъатхэпэщ. Дыгъэр гуащIэу къопс. Мамэшхуэ «Зингер» лъакъуэрыгъадэм пэрысщи, дзапэ уэрэд жиIэурэ шэцыкуэм Iуданэр трешэ. «Зингер»-р» щхьэгъубжэм бгъэдэтщ, Мамэшхуэ пщIантIэр хуиту елъагъу… Щхьэгъубжэм адэкIэ къыщытщ псылъэшхуэ. КIэлош фIыцIэ цIыкIуитI лъыпыIуауэ абдеж щоджэгу илъэсих зи ныбжьэ Iэминэ. Ар хуэлIыIуэлIыфэщ. Чы къурагъ гуэр къигъуэтауэ бабыщыжьыр хьинтIыру кърехуэкI. МыкIуэмытэ хъужауэ мо бабыщ бэвыр щыщIивэм деж, мыдрейр зэрылъэлъу мэдыхьэшхри кIэлош зэмыгуэгъуитIыр къызэдэфэу тоуэ-топкIэ.
Ауэрэ бабыщри къыIэщIоужагъуэри, зыгуэр игу къэкIыжауэ, ар псылъэмкIэ мажэ. Зэпэхъурей цIыкIур «Iыхь-сыхь» ищIурэ псылъэм допщейри щхьэгъубжэм доплъ… Дыгъэр тоцIуукI - зыри илъагъуркъым. И пэр абджым кIэрепIытIэри, IэгуитI натIэ ищIу пэшым щIоплъэ.
Мамэшхуэ и щхьэр къеIэт:
- Ехыт! Уемыхуэх щIыкIэ ех жысIаи!
Ар Iэминэ и тхьэкIумэм иIуэркъым, лъакъуэрыгъадэ нэзым телъ ныкъуэдым и нэ тедияуэ зэпеплъыхь. Сыту пIэрэ а хужьыбзэр… Бацэплъ цIыкIуи Iуту зы дахэ гуэрщ. Хэту пIэрэ зыхуидыр? Дауи, сэракъым…
Анэшхуэм зэригъэзахуэр адэкIэ зэпиплъыхьурэ Iэминэ къонэщхъей. «Уарэ жыIэ! КIагуэ цIыкIу! Хужьыбзэу, Iэгъуапэншэу, бацэплъ баринэкIэ къэщIыхьауэ кIагуэ Iэгъуапэншэ. Ухуейми къаплъэ, аргуэрыжьу IэтIатщ зыхуидыр. Ар нэхъыжьщи, мамэшхуэ мыувыIэу зыгуэр хуед е хуебз. НтIэ, тхьэ, IэтIат нэхъ нэхърэ IэфIу мамэшхуэ солъагъум. Езыми къызжиIэркъэ: «Си Iэминэ-дыху баринэ, си Iэминэ дыгъэ нэху»… ЖыIэ пщIэ щIатрэ? Дахэу щыIэр IэтIат ейщ. Ар чеснэ-тIэ?»
Дауэрэ зыкъигъэгубжьыжами, псылъащхьэм тету щхьэгъубжэм зэрыдэплъам хуэдизи пэрымыту, пщащэр къытехьэпащ.
- Куэду фIыщ! Сыхуеиххэкъым, - жиIэу IэштIым тIыгурымкIэ щхьэгъубжэнэм тоуIуэ.
Анэшхуэм нэгъуджэр зыIуихыурэ Iэ къещI:
- Ех, си сабий… Ех, си дыгъэ-щыгъэ, уехуэхынщ.
Аратэкъым щхьэгъубжэм щIытеуIуари, Iэминэ псынщIэрыпсалъэу кърепхъ:
Мэшхуэ-шхулъэ,
Пагуэ-пэгуныжь!
Арыххэу псылъащхьэм зыкърегъэщэтэхри, макIуэ-мэлъей, щызэранам деж зыздигъэпщкIу Дыкэ-мамэхэ зрегъэхь.
- УкъэкIуаи, сипхъу, - гуфIэу къоплъ абы Дыкэ, - мыбы узэрыщыIэр уи анэшхуэм ищIэрэ? УзэIына, тIу? Пагуэ щIэс, - жызоIэ…
- Н… н-нтIэ, - епIытI мыдрейм.
- Мыр хуабжьу узэхэуцэрэфа… Е-е-ей, узэрана хъунщ аргуэру…
- Зыри аркъым-тIэ… И, Дыкэ, ныжэбэ уи гупэ сыхэбгъэлъын?
- Ахьеи ухэзгъэлъын, фотIатIэ! Мыдэ къакIуэ, мыдэ. Хъыршын пщтыр сиIэщ.
ПщыхьэщхьэхуегъэзэкIт. Дыкэ-мамэхэ я бжэщхьэIум теувауэ IэтIат маджэ:
- Дыкэ, Iэминэ фи деж щыIэ?
- НтIэ-нтIэ. КъэкIуатэт мыдэ. Сыт мы пщыгъ дахэр? А-а-а, Пагуэ пхуида къыщIэкIынщ, - Дыкэ игъэщIагъуэу IэтIат и кIагуэ хужьыр зэпеплъыхь, щIыIущхьэхэм йопэщэщ. - УокIупсри, Мэлэчыпхъу. УамылъагъужкIэ уэ! УокIупс, на! ФIыкIэ зыухьэ, дахэ!
Бжэ дазэмкIэ къыдэплъурэ а тIум къакIэщIэдэIухь Iэминэ къыгурымыIуауэ къоуIэбжь: IэтIат щыгъ кIагуэр…
- Щхьэ зыкъэбгъэбзэха аргуэру? Мамэшхуэ къыуигъэпщэнущи удгъуэтыркъым. Нэхъей, нэхъей псынщIэу! - IэтIат зигъэбалигъыу зыхеш, кIагуэщIэм зыкъыдыфIэщIыжащи зегъафIэ. Ауэ аратэкъым иджыпсту Iэминэ зи бэлыхь иукIыр. IэтIат щыгъ Iэгъуапэншэр хужьыбзэт - и къэдыхьри хужьу; адрей илъэгъуам и къэдыхьыр дэпу плъыжьт…
… Зебыршэу здэкIуэм Iэминэ мэгузавэ: еууей мыгъуэ. Дауэ иджы мамэшхуэ сызэрыIуплъэнур? Си бзэм сыхуиттэкъым. СыпыкIащ сэ дяпэкIэ схуадынуми. Хэт-тIэ къуаншэр? Зэщхьыркъабзэу, тIуащIэу сыт щыгъуи тхуэдэртэкъэ мамэшхуэ? Пэжу, зэхэдмыгъэгъуэщэн папщIэ, IущIыхь зэмыфэгъу тхуIуилъхьэртэкъэ? Еууей, еууей!
КIэлош зэмыгуэгъуитIыр зылъигъэхури Iэминэ бгъукIэ кIуэуэрэ пэшым щIыхьащ. Анэшхуэр пIэкум ист, Iэпхъуалъэ дакъэр хикъузэурэ щIыIунэ ирихыу.
- Къыздэбущыхьыр дэнэ, гуащэ Бичэ? Зэ мыхъуми зэ шарыщэм уихьынщи, уи Дыкэ-мамэр - мэхь-мэхь!
Мыдрейм и нэпсыр къызэщIэвауэ ерагъкIэ къыдрешей:
- Мэшхуэ, мы зэм къысхуэгъэгъуи… дяпэкIэ…
- Мэ, Бичэ, щытIагъи сегъэплъ…
Iэминэ тогушхуэ: «Бичэ» - къыщыжриIэкIэ, зыкъыхуигъэгусакъым!
ПлъыжьыгъэкIэ къэщIыхьа кIагуэ хужь Iэгъуапэншэр быртIымым хуэфIыпст. Абы IитIымкIи мамэшхуэ и пщэм зрешэкIри ба хуещI, нэгъуджэм кIэщIоплъэри:
- Ей, си мамэ IэфIышхуэ… Ныжэбэ уи гупэ сыхэбгъэлъын?
Къармэ Iэсият.
Сатыр пIаскIуэхэр
IэнатIэ гъэувыкIэ
Шыр зыIут IэнатIэм IуагъэкIащ:
Диплом зыIыгъ шыдыр къыкъуэкIащ.
Гурэ псэкIэ диссертацэм бгъэдэтащ:
Аргъуей лIахэр мыдзэкъэжу къихутащ.
ЦIывыжь
Си гъащIэм дерс къыхахыжынщ -
Си нэгу щIэкIахэр сэ стхыжынщ:
Къалэмыр къищтэри тIысащ,
ЩIэтIахъуэу и щхьэм гупсысащ,
ЗикI имыгъуэт итхын цIывыжьым -
Щихьащ и гъащIэр куэншыбыжьым.
* * *
Щолажьэ гъуэгум баш къуэлэныр:
Ахъшэ хэхынырщ и къалэныр.
* * *
Хуэмыщу щытмэ лIыфIым къуэфI -
Ар имыуасэ тхьэрыкъуэф.
* * *
Ебгъафэу щытмэ цырибон
Пхуишэнущ уи хьэр псафэ Бонн.
* * *
Къетыкъуэ бжьищым еIубамэ,
ЩеIуэж иригъэщIауэ БАМ-р.
* * *
КъекIухьыр и нэм чы техуауэ,
Граммищэр махуэм Iумыхуамэ.
* * *
ЗэрыжаIэм хуэдэ дыдэу
Бюрократри мыгъуамэ:
Iуэхуу уиIэр зэфIеудыр
Ахъшэ тIэкIу ебгъэлъэгъуамэ.
* * *
«МатэщIэдзауэ упсэуну
Ухуейуэ щытмэ, - жеIэ Рирэ, -
УкъимыкIуэту дежьууф
Зи гупкIэ уисым и уэрирэм».
* * *
ИIащ ныбжьэгъу куэдыщэ Хъупым
Лы хэлъу лэпс итыхукIэ и лэгъупым.
Джатокъуэ Юрэ.
НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1945.txt"
} |
Новороссийск щыпашэщ ди лъахэгъу Ратмир
Адыгэ щIалэхэр ехъулIэныгъэ яIэу топ щоджэгу Урысей Федерацэм и командэ зэмылIэужьыгъуэхэм. Абыхэм ящыщ зыщ Новороссийск и «Черноморец»-м нэгъабэ лъандэрэ зыкъыщызыгъэлъагъуэ Машэжь Ратмир.
Новороссийск хуабжьу фIыуэ къыщалъагъу ди лъэпкъэгъу футболистхэр. Абы и лъабжьэ быдэр зыгъэтIылъар ДыщэкI Хьэзрэтщ. А щIалэм и цIэр дыщэпскIэ иратхащ Новороссийск и футбол тхыдэм. Псори зэхэту Совет Союзымрэ Урысей Федерацэмрэ я чемпионатхэмрэ кубокхэмрэ зэIущIэ 460-рэ щригъэкIуэкIащ ДыщэкIым икIи абыхэм топи 148-рэ я хьэрхуэрэгъухэм щахудигъэкIащ. Новороссийскдэсхэм яхэту 137-рэ къыхэжаныкIащ икIи абыкIэ къылъэщIыхьэн а командэм зэи щыджэгуакъым. Джэгун щигъэта иужькIэ Хьэзрэт «Черноморец»-м и тренер нэхъыщхьэу мызэ-мытIэу лэжьащ икIи ар къэралым и гуп нэхъыщхьэм щыхигъэхьэфаи къэхъуащ. Дауи, а псом иужькIэ Новороссийск щыджэгу дэтхэнэ адыгэ щIалэми ДыщэкIым и фэр къраплъ икIи я лъахэгъу цIэрыIуэм ирагъапщэ. Абы хуэфэщэну зыкъигъэлъэгъуэну хущIокъу «Черноморец»-м зэрыхыхьэрэ куэд мыщIами, лъэ быдэкIэ зыщызыгъэбыда Машэжь Ратмир. Ар илъэс тIощIрэ тхурэ ипэкIэ Налшык къыщалъхуащ, мыращ топ джэгуным зыщыхуигъэсари, япэ лъэбакъуэхэр щыхичари. «Спартак-Налшыкым» щригъэкIуэкIа зэIущIэ 57-м къищынэмыщIауэ, Ратмир нэгъуэщI командэ зыбжанэми хэтащ икIи сыт щыгъуи нэхъыфIхэм хабжэу къокIуэкI. Иджыри аращ. Абы аргуэру зэ щыхьэт техъуэжащ мазэрэ ныкъуэрэ ипэкIэ Новороссийск и «Черноморец»-р ди къалащхьэм къыщыкIуам.
Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым 2020-2021 гъэхэм щекIуэкI зэхьэзэхуэм ипкъ иткIэ нэгъабэ Новороссийск щызэхэта зэIущIэм «Спартак-Налшыкым» хэгъэрейхэр 2:0-у щыхигъэщIат. Мы гъэм мэлыжьыхьым (апрелым) и 10-ми ди щIалэхэм ардыдэмкIэ дащыгугъ хъуну къыщIэкIынут. АрщхьэкIэ абы лъабжьэ быдэ иIэтэкъым: «Черноморец»-р иджыри ныкъуакъуэрт, зэхьэзэхуэм бжьыпэр щиубыду, япэ дивизионым кIуэну, налшыкдэсхэм зы къалэни илъэс зыбжанэ хъуауэ хуагъэувыртэкъым. Арати, гурыIуэгъуэт Новороссийск къикIахэр текIуэныгъэм нэхъ зэрыхуэныкъуэр икIи очкоищыр зыIэрагъэхьэн папщIэ я лъэкI къызэрамыгъэнэнур. Апхуэдэуи къэхъуащ.
Джэгур зэхаублэри, дакъикъэ зыбжанэ дэкIауэ арат «Черноморец»-р япэ щищам. Абы и гъуащхьауэ нэхъыфI Машэжь Ратмир иджыблагъэ зыхэта гупым и жагъуэ ищIащ, гъуащхьэхъумитIым я зэхуакум дэцIэфту бжыгъэр къыщызэIуихам. Ди лъахэгъур адэкIи зэIущIэм нэхъ щыжыджэрхэм ящыщащ икIи мызэ-мытIэу къыхэжаныкIыфынут. АрщхьэкIэ Ратмир хэмытуи хьэщIэхэм бжыгъэр ягъэбэгъуэфащ икIи, япэ къекIуэкIыгъуэм къызэрыхагъэщIам хуэдэ дыдэу, 2:0-у, «Спартак-Налшыкым» ефIэкIыфащ.
Зэрынэрылъагъущи, Новороссийск къикIа хьэщIэхэр къыттезыгъэкIуа топыр къытхудэзыгъэкIар нэгъабэ и бадзэуэгъуэм (июлым) яхыхьэн ипэкIэ налшыкдэсхэм яхэта Машэжь Ратмирщ. ЗэIущIэ нэужьым дэ, дауи, а щIалэм зыхуэдгъэзащ икIи упщIэ зыбжанэм жэуап иредгъэтащ.
- Ратмир, гу лъумытэнкIэ Iэмал иIэкъым «Спартак-Налшыкым» зэгуэр хэтахэр къыщыддэджэгукIэ я зэфIэкI псори утыку кърахьэну яужь зэритымрэ топ куэд къызэрытхудагъэкIымрэ. Къапщтэмэ, Павловскэм и «Кубань-Холдинг»-р мазэ ипэкIэ къыщыкIуам абы и пашэ ДыщэкI Аслъэн ди гъуэр хигъащIэри, хьэщIэхэр къыттригъэкIуащ. Мис иджы уэри ардыдэр къыдэпщIащ. Сыт ар къызыхэкIыр?
- Фи фIэщ зэрыхъун дыкъыщыхъуа, топджэгум япэ лъэбакъуэхэр щыхэтча «Спартак-Налшыкым» и жагъуэ тщIыну зэи дыхэмыт. Уеблэмэ, топ щыхудэдгъэкIам и дежи ар зэи дымыгъэлъапIэ – дэ нобэкIэ дызыхэт гупым и пащхьэм щыдиIэ къалэнхэр хьэлэлу дгъэзащIэ къудейщ.
- Налшык и «Спартак» стадионым къекIуэлIахэми гу лъатащ топ къыщытхудэбгъэкIам узэрыщымыгуфIыкIыщар. Сыт щыгъуи уапхуэдэ?
- Хьэуэ. Ди хьэрхуэрэгъухэм топ яхудэзгъэкIа иужькIэ хуабжьу сыщогуфIыкI икIи ар згъэпщкIуркъым. Ауэ «Спартак-Налшыкыр» адрейхэм яхуэдэкъым. Сэ илъэс зыбжанэкIэ абы сыщыджэгуащ икIи командэм хэтхэри дэщIхэри фIыуэ солъагъури нэгъуэщI зыгуэрхэмкIэ зэи схуэхъуэжынукъым. Аращ топ щыхудэзгъэкIами сыщIыщымыгуфIыкIыщар: мыр сэ cи унэщ икIи гува-щIэхами къэзгъэзэжынущ. Топджэгур - спорт къудейуэ аращ.
- Илъэс ипэкIэ Хьэшыр Аланрэ Машэжь Ратмиррэ «Спартак-Налшыкым» и хьэрхуэрэгъухэр лъэныкъуитIымкIэ щызэкIэщIачу щытащ. Сыт къызыхэкIар «Черноморец»-м ухыхьэныр?
- КIэщIу жысIэнщи, «Спартак-Налшыкым» и унафэщIхэмрэ сэрэ дызэгурыIуэщакъым. Арати, сыхэкIын хуей щыхъум Новороссийск и «Черноморец»-м срагъэблэгъащ.
- Футболым, нэгъуэщI Iуэхугъуэхэми хуэдэу, езыхэр къыщыпщIэупщIэмэ, нэхъ укъалъытэ. ЗыщIыпIэ лей укъыщыхъуауэ ялъэгъуамэ, уи пщIэр йохуэх. Уи щхьэкIэ апхуэдэ урихьэлIакъэ?
- Топджэгум апхуэдэ щыIэкъым. Хуабжьу къолъэIуу узэхашами, джэгупIэ губгъуэм укъызэрихьэнур махуэ къэс къэблэжьыжын хуейщ, уегугъуу зыбгъасэрэ зэIущIэм фIыуэ зыкъыщыбгъэлъагъуэкIэрэ. Сэри абы сытетщ. Гупым сыхэту джэгум сыкъихьэныр си пщIэнтIэпскIэ къызолэжьыж.
- Иджыпсту узыхэт «Черноморец»-р иужь лъэхъэнэм нэхъ къакIэрыхуащ зэхьэзэхуэм пашэныгъэр щызэпэзыубыда Краснодар и «Кубань»-мрэ Павловскэм и «Кубань-Холдинг»-мрэ. Аращи, япэ дивизионым мы гъэм фызэрыхэмыхьэфынур наIуэ хуэдэщ.
- Зэпеуэм бжьыпэр щыдубыду нэхъ лъагэу зытIэтыну къалэн зэкIэ диIэкъым. Абы щыгъуэми дыхуейщ зэIущIэ къэс дыщытекIуэну икIи япэ увыпIэм дыщIэбэныну. Фэри зэрыфщIэщи, дызыхэт Япэ гупыр Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым щынэхъ лъэщ дыдэхэм ящыщ зыщ икIи дэтхэнэ зыми адрейр хигъэщIэфынущ. Аращи, зэпеуэм кърикIуэнур сыт щыгъуи хуэгъэфэщэгъуейщ.
- Зи гугъу тщIа командитIри фэри Краснодар крайм фыщыщщ. Абы и Iэтащхьэхэм унафэ къыфхуащIыфынукъэ мы гъэм хэт япэ игъэщыпхъэми теухуауэ?
- СызэригугъэмкIэ, апхуэдэ щыIэжкъым. Дэтхэнэ командэри и щхьэ хущытыжщ, мылъкушхуи халъхьэри адрейхэм зэрефIэкIыр къигъэлъэгъуэну хуейщ.
- Иджыпсту Новороссийск и «Черноморец»-м лъэ быдэкIэ адыгэ щIалитI фыхэтщ – гъуащхьэтет Щоджэн Азэмэтрэ уэрэ. Дауи, адрейхэм елъытауэ, ар уэ нэхъ ппэгъунэгъущ икIи нэхъ уи ныбжьэгъущ.
- Сызыхэхуэ дэтхэнэ зы гупми сызэрыхэзэгъэным, псоми гуапэу сазэрыщыхущытыным сыт щыгъуи сыхущIокъу. Ар ехьэлIащ къыздэджэгухэми, дызыгъасэхэми, дызыхуей псомкIи дыкъызэзыгъэпэщхэми, къыддэщIхэми. НэгъуэщI бгъэдыхьэкIэ уиIэу, зым адрейм дзыхь хуимыщIу, джэгупIэ губгъуэм ехъулIэныгъэхэр ущиIэнукъым. Апхуэдэу щыт пэтми, Азэмэт дэрэ зы адыгъэлъ тщIэтщи, дауи, нэхъ дызэролъытэ икIи дызэролъагъу. Абы щхьэкIэ зыми нэмыплъ къыдитыркъым, адрейхэми гуапэу дахущытщи.
- ЛъэныкъуэкIэ укъыщеплъмэ, «Черноморец»-м уи Iуэхухэр щыIейкъым: джэгугъуэ тIощым щIигъум ухэтащ икIи уахъуэжын хуэдэу тренерхэр арэзы умыщIауэ къыщыхъуа щIагъуэ щыIэкъым. КъищынэмыщIауэ, уи хьэрхуэрэгъухэм мыхьэнэшхуэ зиIэ топ зыбжанэ яхудэбгъэкIащ. Уэ езым уи щытыкIэр дауэ къыпщыхъужрэ?
- Псори тэмэму си гугъэщ. Сыхуейщ сызыхэт гупым адэкIи сыкъыхуэщхьэпэну, си джэгукIэмкIэ къыддэщIхэм дэрэжэгъуэ естыну.
- Ратмир, уэ уи ныбжькIэ уи къаруилъыгъуэщ. Узэрыт илъэс тIощIрэ тхум ирихьэлIэущ футболистхэм я нэхъыбэм я зэфIэкIыр нэхъ къыщызэкъуахыр. Уи Iуэхухэр дэзыгъэкI агентыр иужь ит япэ дивизионым, нэхъыфIыжращи, премьер-лигэм щыджэгу командэхэм уахуигъэлъэгъуэну? Хьэмэ иджыпсту уздэщыIэ етIуанэ дивизионми арэзы укъищIрэ?
- КъызэрыслъытэмкIэ, етIуанэ дивизионыр дэтхэнэ зы футболистым и дежкIи япэ лъэбакъуэу аращ. АбыкIэ арэзы ухъумэ, адэкIэ ущIэджэгун щыIэкъым. Урысей Федерацэм и футболым и лъащIэ дыдэм, етIуанэ дивизионым, дыхэткIэрэ дэ допсыхь, ди зэфIэкIхэр здынэсым доплъыж, тренерхэми ди джэгукIэр къалъытэ. НэхъыфIым, нэхъ лъэщым ухущIэмыкъунумэ, топджэгум зыщыщыпIэжьэ хъунукъым – текIуэтауэ адрейхэм гъуэгу етын хуейуэ аращ. Сыхуейщ сэри командэ лъэрызехьэхэм екIуу зыкъыщызгъэлъэгъуэну, сыкъызыхэкIа лъэпкъым и пщIэр абыкIэ сIэтыну.
Новороссийск и футболым и тхыдэм дыщэпскIэ иратха ДыщэкI Хьэзрэт.
ГупыщIэм Ратмир хохьэ.
«Черноморец»-м нобэкIэ и пашэ Машэжь Ратмир.
Жыласэ Заурбэч.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1946.txt"
} |
Адыгэхэр (XVIII - XIX лIэщIыгъуэхэм)
КъикIуэт зымыщIэ адыгэ шууейхэр. Сурэтыр 1859 гъэм ящIащ.
Адыгэ тхыдэм и нэхъ Iуэхугъуэ зэIумыбзхэм ящыщщ абыхэм я бжыгъэр XVIII - XIX лIэщIыгъуэхэм зэрыхъуу щытар. Адыгэхэм я бжыгъэр нэхъ белджылы хъууэ щыщIидзар XVIII лIэщIыгъуэм и кIэхэращ. Абы и щхьэусыгъуэр гурыIуэгъуэщ: Кавказ зауэр зэхаубла нэужь, урыс дзэпщхэми хамэ къэралхэм къикI лIыкIуэхэми ялъытэ хъуащ адыгэхэм (къэбэрдейхэм, беслъэнейхэм, шапсыгъхэм, абазэхэхэм, натхъуэджхэм, бжьэдыгъухэм, кIэмыргуейхэм, жанейхэм, н.) я цIыху бжыгъэр.
А IУЭХУР япэ зыублахэм ящыщщ урыс щIэныгъэлIхэр, тIасхъэщIэххэр, дипломатхэр. Абыхэм я нэхъыбэм а зэманым къызэрагъэлъэгъуамкIэ, адыгэхэм я бжыгъэр мин 300-м къыщыщIэдзауэ мин 500-м нэсу арат. Апхуэдэ бжыгъэ къагъэлъагъуэ (ХIХ лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэм тещIыхьауэ) урыс дзэпщ Бларамберг (мин 500), барон Сталь (мин 307-рэ), урыс тIасхъэщIэх Торнау (мин 495-рэ). Адыгэ тхакIуэ, щIэныгъэлI Хъан-Джэрий зэрилъытэмкIэ, адыгэхэр 1836 гъэм мин 265-рэт зэрыхъур. А бжыгъэм нэхърэ зымащIэкIэ нэхъыбэщ Берже Адольф 1858 гъэм къигъэлъэгъуар - мин 290-рэ.
ГъэщIэгъуэныракъэ, а бжыгъэхэмкIэ акъылэгъу мэхъу совет зэманым а Iуэхум тетхыхьа щIэныгъэлI зыбжани. Псалъэм папщIэ, Гарданов Константин зэрилъытэмкIэ, XVIII - XIX лIэщIыгъуэхэм адыгэхэм я бжыгъэр мин 500-м щIигъуу щытакъым.
Адыгэхэм я хабзэхэмрэ я псэукIэмрэ куууэ щыгъуазэ зыхуэзыщIахэм ящыщ революционер цIэрыIуэ Лапинский Теофил. 1857 гъэм Шэрджэсым къакIуэри, ар илъэсищкIэ яхэтащ адыгэхэм. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, Лапинскэр щIэмыупщIэнкIэ Iэмал иIакъым адыгэхэм я бжыгъэм. 1863 гъэм Гамбург къыщыдигъэкIа тхылъым, «Кавказ бгырысхэмрэ абыхэм я хуитыныгъэхэм папщIэ урысхэм драгъэкIуэкIа бэнэныгъэмрэ» зыфIищам, зэрыщитхымкIэ, кIахэ адыгэхэм (къэбэрдейхэмрэ беслъэнейхэмрэ хэмыту) я бжыгъэр Лапинскэм мин 900-м щIигъуу елъытэ. АбыкIэ щхьэусыгъуэр и мащIакъым Лапинскэм.
«Зауэм хэт шэрджэс лъэпкъхэм я бжыгъэр гъэбелджылауэ зыми ищIэркъым, - етх Лапинскэм. - Сэ зэрыслъытэмкIэ, ахэр мин 900-м щIегъу. Урыс тхылъ гуэрым сыщрихьэлIащ нэгъуэщI бжыгъэ - мин 290-рэ. Урыс тхылъхэм кърахыжурэ, европей автор куэдми къагъэлъагъуэ апхуэдэ бжыгъэ… Шэрджэсхэм къезауэ урысыдзэр мин 200-м щIегъу, я хыдзэлIхэм нэмыщI. Иджырей IэщэкIэ зэщIэузэдауэ сэлэт мин 200 шэрджэсхэм къариутIыпщынтэкъым урыс пащтыхьым, абыхэм я хэкум цIыху мин 290-рэ фIэкIа имысатэмэ».
Лапинскэр, зэрыжытIащи, Шэрджэсым къыщыкIуар 1857 гъэрщ - Кавказ зауэр и кIэм нэблэгъауэщ. Абы и пэкIэ, 1829 гъэм, адыгэхэм я деж тIасхъэщIэх къэкIуауэ щытащ урысыдзэм и генштабым и лэжьакIуэ Новицкий Г. В. Абы а гъэм къызэрилъытамкIэ, адыгэхэр (кIахэ адыгэхэр, нэгъуэщIу жыпIэмэ, Псыжь адрыщI ис адыгэхэр) мин 263-рэ хъууэ арат. КъыкIэлъыкIуэ гъэми къытригъэзащ Новицкэм тIасхъэщIэх Iуэхум икIи абы щыгъуэ шэрджэсхэр (кIахэ адыгэхэр) мелуанрэ мин 82-рэ хъууэ илъытауэ щытащ (унагъуэ 54110-рэ). Новицкэм зэритхамкIэ, адыгэ унагъуэм цIыху 20 нэхърэ нэхъ мащIэ исакъым (абы щыхьэт тохъуэ а Iуэхум иужькIэ тетхыхьа щIэныгъэлIхэм я нэхъыбэр). Адыгэ унагъуэм цIыху 20 е нэхъыбэ зэрисар я фIэщ хъуркъым адыгэхэм я бжыгъэр зэрыхъур ди зэманым зыджа щIэныгъэлIхэм. Абыхэм ящыщ куэдым зэратхамкIэ, XVIII - XIX лIэщIыгъуэхэм адыгэ унагъуэхэм исар, ику иту къапщтэмэ, цIыхуи 8-м фIэкIыркъым (уеблэмэ нэхъ мащIэщ). Iуэхум нэхъ хэзыщIыкI щIэны-гъэлIхэр щыхьэт тохъуэ адыгэ унагъуэм XVIII - XIX лIэщIыгъуэхэм цIыху 20 нэхъыби зэрисам. А зэманым адыгэ унагъуэм щIэблэ зыбжанэ зэрисар зыщыбгъэгъупщэ хъунукъым: я тхьэмадэр псэуху, унагъуэхэр зы пщIантIэ дэсу щытащ, цIыху дапщэ хъуми. Адыгэхэм ятеухуауэ унагъуэкIэ узэджэн хуейр тхьэмадэр зыщхьэщыт пщIантIэрщ, абы дэс хабзэт унагъуэ зыбжанэ - аращ ди тхыдэр щыхьэт зытехъуэр. Новицкэм кIахэ адыгэхэр пщIантIэ (унагъуэкъым!) мин 54-рэ мэхъу щыжиIэм, ар щыуакъым, щыуауэ иужькIэ ягъэкъуэншами. Новицкэм зи гугъу ищI пщIантIэ (езым зэритхымкIэ, «двор») къэс цIыху 20 зэрыдэсарщ абы кIахэ адыгэхэм я бжыгъэр мелуаным щIигъуу щытауэ щIыжиIэри.
КЪЭБЭРДЕЙ адыгэхэм я бжыгъэм и IуэхукIэ ар дыдэр жыпIэ хъунущ: куэдым яфIэфIакъым ахэр зэгуэр (псалъэм папщIэ, XVI - XVIII лIэщIыгъуэхэм) куэд хъууэ щытауэ ятхыни жаIэни. Псалъэм папщIэ, Берже 1858 гъэм зэритхамкIэ, къэбэрдейхэр мин 36-м зэрыщIигъу щыIакъым. Абы акъылэгъу дэхъу щIэныгъэлI щыIащ совет лъэхъэнэми. Абы и щхьэусыгъуэр гурыIуэгъуэкъым - сыткIэ щхьэпэт къэбэрдей адыгэхэм (кIахэ адыгэхэми) я бжыгъэр зэрыпхузэфIэкIкIэ бгъэмэщIауэ птхыныр. Зы щапхъэ закъуэ къэтхьынщ. Урысыдзэм и генштабым и офицер Бларамберг Иоганн 1834 гъэм итхыгъащ (еплъ абы и «Историческое, топографическое, статистическое, этнографическое и военное описание Кавказа» тхылъым) къэбэрдейхэр унагъуэ мин 45-рэт зэрыхъур - ар 1804 гъэрщ. Къэбэрдейр лъыгъажэ зауэмрэ емынэ уз бзаджэмрэ лъэрыщIыкI ящIа нэужь, Бларамберг зэритхымкIэ, Къэбэрдейм къинэжар цIыху мин 30 хуэдизщ. Бларамберг щыуэркъым: тхыдэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, XVIII лIэщIыгъуэм Къэбэрдейм иса цIыху бжыгъэм щыщу зауэмрэ емынэ узымрэ XIX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм къелар Iыхьэ пщIанэрщ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, XVIII лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм къэбэрдейхэм я бжыгъэр мин 500 нэхърэ нэхъ мащIэ хъууэ щытакъым - абы щыхьэт тохъуэ тхыдэр. 1793 гъэм Къэбэрдейм къэкIуауэ щыта академик Паллас Петер-Симон зэритхамкIэ, зауэ къащIэхъуэмэ, къэбэрдейхэм шу мин 20 ягъэшэсыф. Къэбэрдейм и тхыдэм щыгъуазэм фIыуэ ещIэ шууэ зауэм Iухьэм я нэхъыбапIэр уэркъхэм къахэкIауэ зэрыщытар: къэбэрдейхэр мелуан ныкъуэ нэхърэ нэхъ мащIэ хъууэ щытатэмэ, уэркъ шу мин тIощI ягъэшэ-сыфынкIэ Iэмал иIакъым - ар гурыIуэгъуэщ. Уэркъ шу къэс, зэрыхабзэти, зауэлI зытхух щIагъурт, нэгъуэщIу жыпIэмэ, академик Паллас щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, адыгэхэм зауэм Iуашэфырт, шуми лъэсми, цIыху минищэ. Апхуэдэдзэ зэщIамыгъэшэсэфмэ, къэбэрдейхэм 1707 гъэм кърым хъаным и дзэ фIыцIэр (мин 80 хъур) зэхакъутэфынтэкъым - а зауэм и хъыбар куэд къыхэнащ урыс тхыдэми европей зекIуэлIхэми я тхыгъэхэми.
Адыгэ унагъуэм цIыху 20-м нэхърэ нэхъыбэ исауэ елъытэ профессор Дзэмыхь Къасболэт. Абы зэритхымкIэ, адыгэ унагъуэм, XVI - XIX лIэщIыгъуэхэм тепщIыхьмэ, цIыху 20-м къыщыщIэдзауэ цIыхуи 100-м нэс ису щытащ - абы и щхьэусыгъуэри зы адыгэ пщIантIэм унагъуэ зыбжанэ зэрыдэсарщ (зы адыгэ пщIантIэм, зэрыжытIащи, унагъуэ хъуауэ зэкъуэш зыбжанэ дэс хабзэу щытащ). Абы ипкъ иткIэ, профессор Дзэмыхь Къасболэт елъытэ Къэбэрдейм XVIII лIэщIыгъуэм икухэм деж цIыху мин 450-м нэс исауэ. Тхыдэр щыхьэт тохъуэ, етх Дзэмыхьым, къэбэрдей адыгэхэм зы жэщ-махуэм и кIуэцIкIэ шу мин 30 ягъэшэсыфу зэрыщытам - ари XVIII лIэщIыгъуэм икухэм деж. Ар Къэбэрдейм и закъуэ!
ЩIЭНЫГЪЭЛI куэд щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, кIахэ адыгэхэм (иджы адыгейкIэ дызэджэ хъуахэм) я бжыгъэр зы мелуанми къыщызэтенэу щытакъым - куэдым ятх а бжыгъэр зы мелуанрэ мин 700-м нэсу зэрыщытар. Псалъэм папщIэ, Дьячков-Тарасов Николай 1853 гъэм итхыгъащ: «Фельдмаршал Паскевич и унафэкIэ зэхуахьэса хъыбархэм ятепщIыхьмэ, бгырысхэм (адыгэхэм) я бжыгъэр зы мелуанрэ мин 700-м нос, абыхэм зауэм Iуашэфынущ зауэлI мин 250-рэ». Псыжь къэзакъхэм я тхыдэр зыджа Щербинэ Ф. А. фIэмащIэщ Новицкэм къигъэлъагъуэ бжыгъэр - 1082200-р. Абы нэхърэ нэхъыбэщ шэрджэсхэр (кIахэ адыгэхэр) - итхыгъащ Щербинэ.
Адыгэхэм я бжыгъэр зы мелуаным куэдкIэ щIигъуу зэрыщытам щыхьэт тохъуэ Кавказ зауэм и ужькIэ хэкур зыбгынауэ щыта цIыху бжыгъэри. Абхъаз щIэныгъэлI цIэрыIуэ Дзидзарие Георгий зэрилъытэмкIэ, Тыркум Iэпхъуауэ щытащ бгырыс мин 900-м нэс (Кавказ зауэм и ужькIэ хэкум къинэжар мини 100-м щIигъужыртэкъым).
КЪЭРМОКЪУЭ Хьэмид.
ТХЬЭЗЭПЛЪ Фозий
Иретхъу си щхьэцыр
ГущIэгъуншэу.
Си гъащIэр хуеймэ
ИрекIуэщI,
Сыпсэуфынкъым сэ
Уэрыншэу,
Сыхуейкъым лъахэ сэ
НэгъуэщI.
Сэ жэщи махуи
Еш сымыщIэу,
Мы щIыгу гъунэншэр
ЩIэсщыкIынщ…
Уэ псалъэ дахэу
Пхуэзгъэфащэр
СыпсэухункIэ къэсщыпынщ.
И бзийхэм сагъафIэу сесакъым Хэку дыщэм,
Хэку-анэм и жьыбгъи нэкIущхьэр къимыст...
Зигъэщхъыу Хэку-анэр къиплъакъым си гущэм,
Бзэрабзэу Хэку-анэр пIэ лъапи темыст.
Сэ нэкIэ згъэвакъым уи бгыжьхэм я уэси,
Сисакъым Бахъсэни Тэрчыжьи я куэщI.
КъэзмыщIэу хъыджэбзхэм я плъэкIэм и уаси,
Псэр хуэлIэу си лъахэм, илъэсхэр мэкIуэщI.
Сыт щхьэкIэ сигу хэщIрэ? ХамэщI сыщыпсэуми,
Сэ куэдрэ, сэ куэдрэ уи къуршхэм сопщIыхь.
Уи гъавэр бэгъуэным, щIэжьейхэм хэхъуэным
Си гуащIэр хуэсщIыну сэ сфIэфIт щхьэузыхь...
Адыгэм илъ Iэлыр щожэхри си лъынтхуэм,
Си гущIэм и мафIэ къэхъункъым щыкIуэщI.
Мы си псэ ешари, си гуауи, си гуапи
Изолъхьэ, си лъахэ, сэ нобэ уи куэщI.
Тырку, Истамбыл къалэ
Кавказ зауэм и тхыдэм щыцIэрыIуэщ поляк зауэлI хахуэ Лапинский Теофил (1826 - 1886 гъгъ.) И лъэпкъэгъу гупышхуэ къыздишэри, ар Шэрджэсым къэкIуауэ щытащ 1857 гъэм, илъэсищкIэ ядэзэуащ адыгэхэм (шапсыгъхэм, абазэхэхэм, натхъуэджхэм). Зауэ гуащIэм хэт кIахэ адыгэхэм я хэкум щилъэгъуамрэ и гукъэкIыжхэмрэ итхыжри, Лапинскэм 1863 гъэм Гамбург къыщыдигъэкIащ «Кавказ бгырысхэмрэ абыхэм я хуитыныгъэм папщIэ урысхэм драгъэкIуэкIа бэнэныгъэмрэ» тхылъыр.
ШЭРДЖЭСХЭМ «я дзыхь къызагъэза нэужь, - етх Лапинскэм, - дэнэ сыкIуэнуми, сыт зэзгъэлъагъунуми, пэрыуэгъу сиIэжакъым, я щIыналъэм зыщысплъыхьащ, тхьэмадэ, дзэпщ куэдым нэIуасэ сахуэхъуащ - ар фи нэгу щыщIэкIынущ си тхылъым».
Адыгэхэм яхэтыху, Лапинскэм куууэ щыгъуазэ захуищIащ абыхэм я хабзэхэм, я псэукIэм, я бэнэныгъэм, я бзэри зригъэщIащ.
Лапинскэр шэрджэсхэм я деж щыщыIа зэманыр (1857-1859 гъэхэр) Кавказ зауэм и гуащIэгъуэт. Илъэс зыбжанэ дэкIри, 1864 гъэм, лъыгъажэ зауэм кIэ игъуэтащ, адыгэхэм я щхьэр халъхьауэ. Лапинскэм и тхылъыр дунейм къыщытехьар 1863 гъэрщ - зауэр зэфIэмыкI щIыкIэ. Тхылъым и пэублэ псалъэхэм Лапинскэм щыжеIэ: «Тхылъыр стхын мурад щысщIым, сэ, псом япэрауэ, зи ужь ситар бэнэныгъэ гуащIэм хэт, мафIэлыгъейр зрадза шэрджэсхэр утыкум къибнэ зэрымыхъунур Европэм зэхезгъэщIыкIынырщ: я хэкум и хуитыныгъэм папщIэ лъы ягъажэ абыхэм нобэ, зауэ гуащIэм хиубыдащи, я щхьэр халъхьэнкIэ, лъапсэкIуэдыр къахуэкIуэнкIэ шынагъуэ щыIэщ. Ар къащыбгъэщI хъунукъым а лъэпкъым. Сыт и щхьэусыгъуэми, Европэм пэIэщIэ хъуауэ зыбжанэ лъандэрэ къогъуэгурыкIуэ шэрджэсхэр. Ар зыхуэфащэ лъэпкъкъым ахэр. Зы щIыпIи ущрихьэлIэнукъым шэрджэсхэм нэхърэ нэхъ щIэх зыужьыныгъэмрэ цивилизацэмрэ я гъуэгум тепшэфын лъэпкъ - абы щхьэкIэ Iэмалрэ лъэкIыныгъэрэ епт закъуэмэ. Аращ зауэ гуащIэм хэт шэрджэсхэм ядэIэпыкъун щIыхуейр, я псэмрэ я хэкумрэ къещэ зэрыпхъуакIуэхэм ахэр ящихъумэн хуейуэ и къалэнщ Европэм… Я щхьэ къудейркъым шэрджэсхэр щIэзауэр, абыхэм яхъумэ Европэм и хуитыныгъэри».
Лапинскэм лъэкI къигъэнакъым, зауэ гуащIэм хэт шэрджэсхэм ядэIэпыкъун щхьэкIэ. Шэрджэсым къихьэн и пэ Истамбыл къэкIуащ Лапинскэр, абы дэс адыгэхэм нэIуасэ захуищIащ, зи ужь итыр къагуригъэIуащ. Къулыкъушхуэ зиIэ адыгэ лIыщхьэ, дзэпщ куэд дэст Истамбыл. Абыхэми тыркухэми Лапинскэр къагъэгугъащ къыдэIэпыкъункIэ - IэщэкIэ, фащэкIэ, зауэлIкIэ. Иужьым къызэрыщIидзыжамкIэ, псоми къагъэгугъа щхьэкIэ, Шэрджэсым къэкIуа нэужь, Лапинскэм зыри къыдэIэпыкъужакъым - ар абы щибзыщIыркъым и тхылъым. КъыдэIэпыкъун дэнэ къэна, зэрахузэфIэкIкIэ лъакъуэпэщIэдз къыхуащIащ, пцIы къыкIэлъызэрахьэурэ зэрагъэулъииным щIэкъуащ тыркухэри Истамбыл дэс адыгэ лIыщхьэхэри.
Лапинскэм Шэрджэсым къыздишащ и лъэпкъэгъу зауэлIищэм щIигъу. Абыхэм я нэхъыбэм я гъащIэр щIатащ Шэрджэсым и хуитыныгъэм. Нэхъыби къыздишэн мурад иIащ Лапинскэм: поляк минипщI щызэхуэсат Истамбыл, шэрджэсхэм къадэIэпыкъун щхьэкIэ, IэщэкIэ зызэщIаузэдауэ. Ари къыхуадакъым Лапинскэм: урыс лIыкIуэм къайгъэ къиIэтащ жари, ар щхьэусыгъуэ ящIри, Лапинскэм и мурадыр тыркухэм къызэпаудыгъащ. Абы и закъуэкъым: Iэщэ къыкIэлърагъэшэнкIэ къэзыгъэгугъахэм, Лапинскэм зэритхымкIэ, ягу пыкIар... фоч тIорысэ зыбгъупщIрэ шыгъу къэп зыбжанэрэщ. Шэрджэсым щыIэху, Лапинскэм куууэ щыгъуазэ зыхуищIащ адыгэхэм я хабзэхэм, я псэукIэм, я зэуэкIэм. Лапинскэм иригъэлейуэ пхужыIэнутэкъым адыгэхэм я бжыгъэр мелуаным нэсу щитхкIэ. «Зауэм хэт шэрджэс лъэпкъхэм я бжыгъэр гъэбелджылауэ зыми ищIэркъым, - етх Лапинскэм. - Сэ зэрыслъытэмкIэ, ахэр мин 900-м щIегъу (къэбэрдейхэмрэ нэгъуэщI адыгэ лъэпкъ цIыкIухэмрэ хэмыту). Урыс тхылъ гуэрым сыщрихьэлIащ нэгъуэщI бжыгъэ - мин 290-рэ. Урыс тхылъхэм кърахыжурэ, европей авторхэм къагъэлъагъуэ апхуэдэ бжыгъэ... Шэрджэсхэм зауэ къезыщIылIа урысхэм я дзэр мин 200-м щIегъу, я хыдзэлIхэм нэмыщI. Иджырей IэщэкIэ зэщIэузэдауэ сэлэт мин щитI шэрджэсхэм къариутIыпщынтэкъым урыс пащтыхьым, абыхэм я хэкум цIыху мин 290-рэ фIэкIа имысатэмэ».
Шэрджэсхэм я бжыгъэр мелуаным зэрынэсым щыхьэт трищIэу, Лапинскэм етх: «Шапсыгъми Абазэхэми къызэрыщызжаIамкIэ, IэщэкIэ зэщIэузэдауэ - шуми лъэсми - шэрджэсхэм зауэм Iуашэфынущ цIыху мини 150-рэ (мини 100-р лъэсу, мин 50-р шууэ). «ЦIыху мини 150-рэ зауэм щыIуфшэфынукIэ, урысыдзэм щхьэ фыпэмылъэщарэ?» - жысIэри тхьэмадэхэм сеупщIати, мыращ жэуапу къызатар: «Урысейм гъуни нэзи иIэкъым, къэрал абрагъуэщ». Абы щIызгъужынуращ: цIыху мини 150-р зауэлI мини 150-рэ хъуркъым - ар къагуроIуэ езы шэрджэсхэми. Шэрджэсхэр нэхъыбэм зэрызауэр сэшхуэрэ къамэрэщ, фочыр я мащIэщ, гыныр яхурикъуркъым». ФочкIи, топкIи, гынкIи къадэIэпыкъуащ Лапинскэр шэрджэсхэм, топауи топ зыщIыфи щIыгъуащ, Польшэм къыздришауэ. Ауэ, Лапинскэм и жагъуэ хъууэ зэритхыгъащи, ар мащIэ дыдэт. Топ щащI, топышэ щагъавэ лъэщапIи шапсыгъхэм я деж къыщызэригъэпэщауэ щытащ Лапинскэм.
Адыгэхэм я дзэр зауэм зэрыхуагъэхьэзыр хабзэхэми зыбжанэрэ тепсэлъыхьащ Лапинскэр: «Зауэм Iухьэн и пэ адыгэ тхьэмадэхэм хасэ зэхуашэс. Хасэм кърохьэлIэ зауэм Iухьэн хуей шухэри лъэсыдзэри; абыхэм къаувыхьри, тхьэмадэхэм хасэр зэхаублэ. Тхьэмадэхэм яхэсщ дзэр зауэм Iузышэн хуей дзэпщыр - зэрыхабзэщи, ар зи лIыгъэкIэ цIэрыIуэ хъуа лIыщ. Акъыли лIыгъи пхэлъын, жьакIуэуи ущытын хуейщ, дзэпщ ухъун щхьэкIэ. Тхьэмадэхэм унафэ ящI, мэхасэ: дапщэщ бийм щебгъэрыкIуэн хуейр, зауэм шуми лъэсми дапщэ Iухьэн хуейр? Тхьэмадэхэр чэзу-чэзууэ мэпсалъэ, зыри япэрыуэркъым абыхэм. Хасэм унафэ ищIа нэужь, утыкум зыш кърагъэувэ, абы мэшэсри, тхьэмадэхэм ящыщ зым хасэм и унафэр яжреIэ, абы псори еувэлIа нэужь, тхьэ яIуэн хуейщ я псэ зэремыблэжынумкIэ. Дзэр дзэпщым и IэмыщIэ иралъхьэ абы и ужькIэ, дзэм и унафэр зыIэщIэлъынур аращ». Мыри щIегъуж: «И щхьэм и хуитыныгъэм зыри пищIыркъым адыгэм, лей кIэлъызумыхьэмэ, сабийм хуэдэу гупцIанэщ, ухуэткIийми, ухэзэгъэнущ, уемыкъуэншэкI закъуэ, - ар къыпхуидэнукъым».
ЗАУЭ ГУАЩIЭМ хэтми, шэрджэсхэм я цIыхугъэрэ я хабзэрэ щебэкъуа ирихьэлIауэ итхыркъым Лапинскэм, ар дэнэ къэна, щIэныгъэмрэ зыузэщIыныгъэмрэ зэрыхуэпабгъэм мызэ-мытIэу гу лъитащ. «Адрей лъэпкъхэм щIэныгъэ зрагъэгъуэтыным трагъэкIуадэ зэманым и зэхуэдитIщ шэрджэсыр зыхуейр - апхуэдизкIэ гурыхуэщ, акъыл жанщи, - итхыгъащ Лапинскэм. - Шэрджэс щIалэ цIыкIу Iэджэм сарихьэлIащ си гъусэ полякхэм къакIэрыхъыжьауэ: тхылъ напэ гуэр къаIэрыхьамэ, абы итым щыгъуазэ ящIыху, якIэрыкIыртэкъым. Илъэс 13 - 14 зи ныбжь шапсыгъ щIалэ цIыкIуитI си гъусэхэм ящыщ унтер-офицер гуэрым къыкIэрыхъыжьэри, тхэкIэрэ еджэкIэрэ яригъэщIэху, бэуапIэ иратакъым - си нэкIэ слъэгъуауэ сыщыгъуазэщ абы...»
ИлъэсищкIэ ядэзэуауэ, шэрджэсхэм яхэкIыжын хуей хъуауэ щытащ Лапинскэр. А зэманым къриубыдэу Лапинскэр нэIуасэ яхуэхъуащ шэрджэс дзэпщхэм - Занокъуэ Сэфарбий, Мухьэмэд-Iэмин, Хьэжы-Джырандыкъуэ сымэ, нэгъуэщIхэми. Лапинскэм игу къеуэу етх ахэр зэрызэгурымыIуэр, абы и зэранкIэ шапсыгъхэр, абазэхэхэр, натхъуэджхэр, убыххэр зэкIэщIэчауэ зэрызауэр, я акъыл зэрызэтемыхуэр. Шэрджэсхэм я щхьэр зауэм халъхьэн хуей щIэхъуам и щхьэусыгъуэхэм ящыщ зыуэ елъытэ ар Лапинскэм. ГъэщIэгъуэнщ абазэхэхэм я дзэпщ Мухьэмэд-Iэмин щхьэкIэ Лапинскэм итхыр. Мухьэмэд-Iэмин Щамил Шэрджэсым къигъэкIуауэ щытащ, ядэзэуэн щхьэкIэ. Абазэхэхэм нэIиб яхуэхъури, Щамил 1859 гъэм зитыху, Мухьэмэд-Iэмин епсыхакъым. Щамил зита нэужь, Мухьэмэд-Iэмин зэрынэIибыр щыгъупщэжащ. Лапинскэм етх: «Сэ сакъыхэкIыжа нэужь, Мухьэмэд-Iэмин урысхэм Щхьэгуащэ Iуфэ щаIущIащ. ЕкIужын щхьэкIэ зэрахыхьар щажриIэм, урысхэр Мухьэмэд-Iэмин къыщыгуфIыкIащ, ирагъэблэгъащ, ягъэхьэщIащ, итIанэ Тифлис яшащ, абазэхэ тхьэмадэ 24-рэ щIыгъуу. Генерал-губернаторым IущIэри, жраIащ Iэщэр зэрагъэтIылъыр. Абазэхэ лIыкIуэхэр абы и ужькIэ, Мухьэмэд-Iэмин я пашэу, Бытырбыху кIуэри, пащтыхьым и IэмыщIэ зралъхьащ... Щамил зауэурэ яубыдащ, Мухьэмэд-Iэмин езым зитри, шу гъусэхэри иIэу, урысей къалащхьэм дыхьащ; урысей къалащхьэм щагъэлъэпIащ бийм екIужа нэIиб цIэрыIуэр...»
Кавказым икIыжа нэужь, Лапинскэм и нэIэ зэи ятригъэкIакъым шэрджэсхэм я бэнэныгъэм. Истамбыл зыбжанэрэ зыщиIэжьащ Лапинскэм, зауэ гуащIэм хэт шэрджэсхэм тыркухэр къадигъэIэпыкъун щхьэкIэ. Тыркухэм апхуэдэ мурад зэрамыIэм щIэх дыдэ гу лъитащ Лапинскэм. Тыркум и закъуэкъым, Лапинскэм зэритхымкIэ, шэрджэсхэр утыкум къизынар: Британиеми, Франджыми, нэгъуэщI европей къэралхэми ял узыртэкъым лъы зыгъажэ бгырысхэм щхьэкIэ. Езым хузэфIэкIынурати, зауэм хэт шэрджэсхэм я хъыбар Европэм щигъэIуащ, «Кавказ бгырысхэмрэ абыхэм я хуитыныгъэм папщIэ урысхэм драгъэкIуэкIа бэнэныгъэмрэ» тхылъыр итхри. Тхылъ гъуэзэджэкIэ еджащ абы Карл Маркс, езыри куэдрэ хуэзащ тхылъыр зи Iэдакъэ къыщIэкIа поляк цIэрыIуэм, ар Европэм ис нэхъ цIыху губзыгъэ дыдэхэм ящыщ зыуэ илъытащ.
КЪЭРМОКЪУЭ Хьэмид.
Дунейм ехыжахэр нэхъыбэщ, псэууэ къэнам нэхърэ. 1864 гъэ
УРЫСЕЙМ зауэ къызэрыдищIылIэ лъандэрэ зы къэрали кавказ лъэпкъхэм къыддэIэпыкъуакъым. Тырку сулътIаным деж куэдрэ дгъэкIуащ лIыкIуэ, къыткъуэувэнкIэ, къыддэIэпыкъункIэ дыщыгугъыу, ауэ абыи къытхуищIа щыIэкъым. Персиеми дгъэкIуащ лIыкIуэ, иужьрейуэ Мэхъмэт Алий зыхуэдгъэзащ, ауэ абыхэми, дыкъагъэгугъа фIэкIа, дызэхащIыкIакъым. Шэрджэсым и лIыкIуэхэм я пщэ дэтлъхьауэ щытащ Урысейм къыдищIылIа зауэр къызэрыттехьэлъэм и хъыбар къэрал лIыщхьэхэм я деж нагъэсын хуейуэ: дэ ди хабзэхэри ди динри нэгъуэщIщ, арыншамэ Урысейр апхуэдизрэ щхьэ къыдэзэуэн хуейт?
Псоми ящIэн хуейщ урыс инэралхэр зэрытхьэгъэпцIыр, я сэлэтхэр зэрыгущIэгъуншэр. Шэрджэсхэр дызэтраукIэмэ, хэт и фейдэ хэлъ абы? Псори къыддэщIын хуейщ адыгэхэм! Урыс сэлэт мин Iэджэ къыдаутIыпщащ дэ, Iэпхлъэпх дызэращIынщ зи ужь итыр, дыкъаухъуреихьауэ. Дэ даухмэ, фэ къыващIылIэнущ зауэ. Ди щхьэм и закъуэкъым дэ дызыхуэзахуэр. Дэ дызыIэщIалъхьэмэ, Тыркуми нэсынурэ абыи къыщызэтеувыIэнукъым - аращ иджыпсту фыкъыддэIэпыкъун щIыхуейр.
Ар нывжедгъэIэн щхьэкIэщ ди лIыкIуэхэр ныщIыфхуэдгъэкIуар, ауэ ди лIыкIуэхэм я псалъэр зыми зэхищIыкIакъым, зыми къилъэгъуакъым ди хьэтыр. ДызэхащIыкIрэ ди бэнэныгъэм къыхыхьатэмэ, сыт хуэдиз зауэлI хахуэм я пашэ хъунут сулътIаныр, сыт хуэдизым я гур къихьэхунут абы!
Урысейм и закъуэкъым дунейм тетыр - къэрал Iэджэ тетщ дунейм. Урысейм нэхърэ нэхъ къэрал ини нэхъ лъэщи зэрыщыIэм шэрджэсхэр дыщыгъуазэщ. Дыщыгъуазэщ Инджылызри Франджыри гузэвэгъуэ хадзэ лъэпкъхэм къазэрыщхьэщыжым. ИтIани къытлъэIэсыркъым абыхэм я гущIэгъуи я дэIэпыкъуныгъи. Шэрджэсхэр дыкъуаншэмэ, гущIэгъуи къытхуремыщI, къыддремыIэпыкъу инджылызхэри франджыхэри. Ди хэкур Урысейм щыщ хъуауэ къыщыгъэлъэгъуащ европей картэхэм - абыи дыщыгъуазэщ дэ. Дыщыгъуазэщ ди нэщIыбагъкIэ хьэгъэщагъэхэр зэрыщызэрахьэм: дэ къыдамыгъэщIэххэу, Урысеймрэ Тыркумрэ ди унафэр ящI, зэгуроIуэри зым IэщIэмылъыр адрейм ирет, дэ къыдэупщIыни я щхьэ тралъхьэркъым.
Урысхэм Европэм щыжаIэ дэ абыхэм драгъэр хуэдэу, дыхьэкIэкхъуэкIэ защIэу, гущIэгъуи тхуэмыфащэу, унафэ е хабзэ гуэрми дыпхуемыувэлIэну. Лъэпкъышхуэ дыдэщ инджылызхэр, дызэхащIыкIынкIэ дащогугъ, ауэ дэ дыхьэкIэкхъуэкIэмэ, зыми емыдаIуэ дыхъунщIакIуэмэ, ди хьэтыр къремылъагъу, нэкIи къыдремыплъ.
СулътIаным псалъэ еттауэ щытащ дэ, ауэ ар ди лъэныкъуэ хъунукъым, Урысейм ди нэщIыбагъкIэ гурыIуащи. СулътIаным ещIэ Урысейр къызэрыдэзауэр, итIани абы йопсалъэ, щэхуу гуроIуэ: уи IэмыщIэ имылъым и унафэр дауэ зэрыпщIынур? Дэ дыгъэркъым, дыпщэ, дыпт хъуну. Пэжщ, дызэкIэщIэчащ, дыщызэгурымыIуэр нэхъыбэщ, зы унафэм деувалIэркъым - аращ ди мыгъуагъэ псори къызыхэкIыр. Ауэ дэ дыщхьэхуитщ, ди щхьэхуитыныгъэращ дызыщIэзэур, ар хамэм и IэмыщIэ итлъхьэн муради диIэкъым.
Шэрджэс меджлисым (парламентым) къэрал лIыщхьэхэм
зэрызахуигъэза Псалъэм щыщ. 1861 гъэ
Шапсыгъыр и хэкум къонэж. 1864 гъэ
Урыс-Кавказ зауэм и тхыдэм щыцIэрыIуэ дыдэщ Ажджэрий и къуэ КушыкупщкIэ зэджэр. КъызыхэкIар пщы лъэпкъщ, аращ КушыкупщкIэ щIеджэр. ЛъэпкъкIэ зыщыщыр нобэми IупщI хъуакъым. Сэ зэрыхуэзгъэфащэмкIэ, Кушыку Уарп Iуфэ (Шэрджэсым) Iуса беслъэней жылэщ къызыщалъхуар, езыр беслъэнейуэ къыщIэкIынущ. Ар щIыжысIэм щхьэусыгъуэ иIэщ.
1960 ГЪЭМ си деж зы щIалэ къэкIуауэ щытащ, Щхьэщэхуж къуажэм (Краснодар крайм щыщ Успен районым хохьэ) къикIауэ. ЩIалэм къызжиIащ: «Сэ Кушыкупщ и къуэрылъхум срикъуэщ. Адыгейм я щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым Кушыкупщ и хъыбар сыщыщIэупщIати, чэнджэщ къызатащ уэ зыпхуэзгъэзэн хуейуэ». Кушыкупщ и уэрэдхэм ящыщ зытIущ хуэстхащ щIалэм, дзэпщ цIэрыIуэм и сурэт естащ. ЩIалэм къызэрызжиIамкIэ, лъэпкъым иджыпсту зэрихьэр «Ажджэрий» унэцIэщ, Уарп Iуфэ щопсэу.
Кушыкупщ щызэуар Беслъэнеймрэ Шэрджэсымрэщ, ари щыхьэт тохъуэ Кушыку беслъэней пщы лъэпкъым къызэрыхэкIам.
«Апхуэдэпщыр гъуэтыжыгъуейщ» - а псалъэр хэтщ Кушыкупщ и уэрэдым. Балигъ хъууэ шым шэса нэужь, Кушыкупщ зауэ гуащIэ Iэджэм хэхутащ, и лIыгъэкIэ щапхъэ хъууэ. Адыгэхэм нобэр къыздэсым ящыгъупщакъым Кушыкупщ и цIэр, и гъыбзэри ди зэманым къэсащ.
Кушыкупщ и гъыбзэхэр тIу мэхъу. Зыр и щхьэгъусэм иусащ, яукIауэ шыкхъаблэкIэ къыщыхуахьыжам щыгъуэ. ЕтIуанэр и шу гъусэхэм яусащ. ГъыбзитIри зэпэжыжьэкъым, псалъэ куэд щызэтохуэ. ТIури топсэлъыхь Кушыкупщ зауэм щызэрихьа лIыгъэм.
Кушыкупщ и хъыбар куэд ноби щызэхэпхынущ Шэрджэсми Адыгейми. Тхыдэми щыгъунэжщ абы и хъыбархэр, тхылъхэми уащрохьэлIэ, ар нэIуасэ зыхуэхъуахэм ятхыжауэ.
Генерал лъыиф Засс адыгэхэм лейуэ къакIэлъызэрихьам тхыдэр щыгъуазэщ: адыгэ хьэдэхэм я щхьэхэр пиупщIурэ бжэгъу щхьэкIэм фIэзыIуу, Берлин езыгъэхьу щытар аращ. Псыжь адрыщI, Прочнэ окопкIэ зэджэ быдапIэм (Армавир деж) дэсащ генерал лъыифыр. Кушыкупщ шууитI (Хъырцыжь Алэрэ Щоджэн Шумахуэрэ) зыщIигъури, быдапIэм дыхьащ, Засс и пхъур къыдахри, бгым ихьэжащ. Генералым и пхъур илъэсищкIэ щаIыгъащ бгым: и щхьэм бадзэ трагъэтIысхьакъым, адыгэбзэ ирагъащIэщ, адыгэ фащэкIэ яхуапэри, и адэм хуашэжащ. Генералым жраIащ: «Дэ дыхьэкIэкхъуэкIэ уи гугъэ щхьэкIэ, дыхьэкIэкхъуэкIэкъым». А хъыбарыр мыпхуэдэуи къаIуатэ: генералым хуаIуэхуащ: «Уи пхъур ныпхудошэж», - жари. Засс и дзэр лъэныкъуитIкIэ иригъэувэкIащ, и пхъур къыхуэзыхьыж шухэр иригъэубыдын щхьэкIэ. Шууищыр къэсащ. Засс и пхъур Щоджэн Шумахуэ и шыплIэм дэст. Шууищыр генералым и пащхьэ ихьэри, хъыджэбзыр ирагъэпсыхащ. «Фыубыд!» - жери Засс унафэ ищIащ. Шууищыр сэлэтхэм къыщаувыхьым, хъыджэбзым и адэм жриIащ: «Iэпэ ятефлъхьэмэ, зыслIэжынщ! Дунейм зы хабзэ дахэ тетмэ, абыхэм я деж щыслъэгъуащ». И пхъум ар щыжиIэм, генералыр икIуэтыжащ. Къыщежьэжым Кушыкупщ Засс жриIащ: «Уи пхъур ди деж щыIэху, дызэблэгъащ. Нобэ щыщIэдзауэ зэбий дыхъужащ».
Кушыкупщ и гъыбзитIым я зыр Къэсейхьэблэ (Бахъсэненок) щыщ Уэзы Мухьэжыр, Хьэмдэхъу Исуф, Дзэгъэщтокъуэ Къарэмырзэ сымэ дагъэтхащ. Мис ар:
Уарэ, уарэдэ, ди Кушыкупщти, сэрмахуэ,
Уэ пхуэдэпщ гущэр, уэ дуней, гъуэтыжыгъуейщ.
Къурэлеягъуэт, зиунагъуэрэ,
Данагъуэ гущэр, сэрмахуэ, уи пащIэкIитIт.
Мылицэ гущэу кхъуэцхэр зыгъэкIым, сэрмахуэ,
ЩхьэцыкIэ гущэм а махуэм зэдрагъэIэ.
Iэпщашэ гущэм щызэдеIэжкIэрэ, маржэ,
Дэ фоч пэбж гущэкIэ махуэм дыкъэзышэж.
Шырэ уанэрэ щызэхуахь махуэм, сэрмахуэ,
Шу джакIуэ гущэхэри а махуэм нызыхуагъакIуэ.
Пхъэрышхуэхэри дэ къыщыткIэлъыкIуэкIэрэ, сэрмахуэ,
Шууищэ гущэхэри, уэ дуней, и нэхъ фIэмащIэт.
Фоч фIыцIэ псыгъуэхэри, сэрмахуэ,
Шэрэ гын гущэкIэрэ, уэ дуней, зэзыгъэзэгъ.
ДэныскIуей гущэми яхэмызагъэхэр, сэрмахуэ,
Шэ закъуэ гущэкIэрэ тхурегъэпсых.
Пащтыхьыжьмэ и гуимэ щхъуантIэхэри
Шы лъабжьэ гущэкIэ, а дуней, зэхэзыкъутэ!
Пащтыхьыжьмэ и лъэс лэжьакIуэхэри, сэрмахуэ,
Щхьэлажьэ гущэкIэ, а дуней, ныщегъэгъупщэ.
Банэкъуэ быдэхэри, сэрмахуэ,
Жэщ кIуэн гущэкIэрэ тхуэзыгъэлажьэ.
Жэщмагъырмэ и щIылъэ пшагъуэхэри, сэрмахуэ,
ЗекIуэ шу гущэт,
Уэ дуней, уи щIакIуэ къащхъуэт.
Сэфрал гущэр зытес шы гъуабжэм, сэрмахуэ,
Уафэ вагъуэ гущэм, а дуней, зыхрегъадзэ.
Дунеижь гущэм къытезна псогуэми, сэрмахуэ,
Елмысхъан гущэр, уэ дуней, я нэхъ тхьэмыщкIэт.
ТхьэмыщкIэхэм я щIэгъэкъуэнурэ, сэрмахуэ,
Кушыкупщ гущэр а махуэм епсыхыжащ.
Джаурышэ гущэкIэрэ яхуэмыгъалIэурэ, сэрмахуэ,
Сабий уз гущэм, уэ дуней, игъэлIэжа мыгъуэщ.
КУШЫКУПЩ «сабий узым» ихьыжар пэжкъым, ар гъыбзэм иужькIэ къыхэпшэхъуа псалъэщ. Тхыдэр щыхьэт тохъуэ Уарп псыхъуэ 1829 гъэм щекIуэкIа зауэм Кушыкупщ уIэгъэ хьэлъэ зэрыщыхъуам. ЛIыхъужьыр а уIэгъэм илIыкIащ.
КЪАРДЭНГЪУЩI Зырамыку.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1947.txt"
} |
Шэрджэс парламент
Зауэр кIуэ пэтми нэхъ къащытехьэлъэм, адыгэ тхьэмадэхэм къагурыIуащ лъэпкъ псоми я къарур зэщIамыгъэуIуауэ я хэкум къиужьгъа дзэм зэрыпэмылъэщынур. Убых дзэпщ цIэрыIуэ Бэрзэдж Джырандыкъуэ и жэрдэмкIэ, 1861 гъэм мэкъуауэгъуэ мазэм и 13-м Сочэ псыхъуэ щызэхыхьащ шапсыгъхэм, абазэхэхэм, натхъуэджхэм, убыххэм я лIыкIуэхэм я хасэ. Шэрджэс къэралыгъуэ къызэгъэпэщын хуейуэ унафэ ищIащ хасэм, абы и унафэр IэщIалъхьащ Лъэпкъ зэхуэсышхуэм (меджлисым е парламентым). Ме-джлисым и лэжьыгъэр иунэтIын хуейуэ лIыкIуэ (депутат) 15-м я пщэ далъхьащ; меджлисым и тхьэмадэ хъуащ Бэрзэдж Джырандыкъуэ.
МЕДЖЛИСЫМ и унафэкIэ, Шэрджэс къэралыгъуэр щIыналъэ 12-у ягуэшащ, щIыналъэхэм я тхьэмадэхэр хахащ. Унагъуищэ къэс шууитху ягъэшэсын хуейуэ зэгурыIуащ лIыкIуэхэр - зауэм щигуащIэгъуэ зэманым ар къаруушхуэт: Шэрджэс къэралыгъуэм и дзэм зэрыпхъуакIуэхэм удын хьэлъэ зыбжанэ ирадзын хузэфIэкIащ, хы Iуфэм къыIуащIыхьа быдапIэхэм ебгъэрыкIуащ. Шэрджэс парламентым и лIыкIуэхэм зыхуагъэзащ европей къэралхэм, къэралыгъуэ къызэрызэрагъэпэщар, я хуитыныгъэм щхьэкIэ ирагъэкIуэкI бэнэныгъэр зэпагъэун мурад зэрамыIэр дуней псом щагъэIуащ. Абы нэхъри къигъэгубжьащ урыс дзэпщхэр. Дагъыстэнымрэ Шэшэнымрэ зауэр щыувыIати, Кавказым ис дзэм и нэхъыбэр (мин 270-рэ) Шэрджэсым къраутIыпщащ, хы IуфэмкIи Псыжь лъэныкъуэкIи къыщебгъэрыкIуащ. 1862 гъэм мэкъуауэгъуэ мазэм и 19-м генерал Колюбакин и дзэр Сочэ псыхъуэ къыдэужьгъащ, Шэрджэс парламентым и унэр ягъэсащ…
Кавказым къыщыкIуам щыгъуэ пащтыхь Александр ЕтIуанэм хуэзащ шэрджэс лIыкIуэхэр. Ахэр арэзыт, хэкум къранэмэ, Iэщэр ягъэтIылъу Урысейм и IэмыщIэ зралъхьэну. «Мазэ пIалъэ фызот, - къажриIащ пащтыхьым. - Мазэ дэкIмэ, граф Евдокимовым хъыбар евгъащIэ: Псыжь губгъуэ фидгъэтIысхьэну вжетIащи, фыарэзы; абыкIэ фымыарэзымэ, Тыркум фыIэпхъуэ». Шэдылъэ губгъуэм итIысхьэ нэхърэ Тыркум Iэпхъуэмэ, нэхъ къащтащ шэрджэсхэм…
Меджлисым и лIыкIуэхэр Тыркум, европей къэралхэм ягъэкIуащ, ахэр зыдагъэIэпыкъун щхьэкIэ, ауэ абыхэм къыхуащIа щыIэкъым, къадэIэпыкъункIэ къагъэгугъа фIэкIа. Зыри яхузэфIэкIакъым Истамбылрэ Лондонрэ къыщызэрагъэпэща Шэрджэс комитетхэм - ахъшэ гуэрхэр, Iэщэ-фащэ мащIэ тIэкIу, шыгъу, гын къэп зыбжанэщ европей къэралхэм ягу пыкIар, шэрджэсхэм я бэнэныгъэм къыхыхьэн ядэххакъым, Урысейм фIэлIыкIри. Меджлисым европей къэралхэм зэрызахуигъэза Псалъэм къигъэдзыхаIакъым, ар уеблэмэ яIэрымыхьа нэпцI защIащ, яIэрыхьэпами, Лондони, Парижи, Истамбыли жэуап къикIакъым. Нэхъ гурыIуэгъуэу жыпIэмэ, бгырысхэр утыкум къинащ…
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1948.txt"
} |
Бэрокъуэ Пщыкъуий Псыжь зэпрокI
Къэбэрдейхэр. 1836 гъэ
Адыгэ хэкум и гъунапкъэхэм (хымкIи Псыжь лъэныкъуэкIи) урысхэм къытращIыхьа быдапIэхэм темыуэу зы махуи дагъэкIыркъым шэрджэсхэм. Илъэс хъурейм зы махуэ закъуи къыхэхуэ хъункъым адыгэхэмрэ урысхэмрэ шэр зэтрамыкIутауэ. БыдапIэхэм къыдэкIын хъумэ, урысхэм дзэшхуэ кърашажьэ, къежьамэ, зрихьэлIэр зэтрафыщIэ, зэтрагъасхьэ, зэкъуэхуауэ къапэщIэхуэр е яубыдри Псыжь зэпраху, е зэтраукIэ. Ялъ ящIэжын хуей мэхъури, адыгэхэри щIэх-щIэхыурэ зэпрокI Псыжь, къэзакъ щIыналъэм йохьэри къращIар зэрахузэфIэкIкIэ кърагъэпшыныж. Псыжь и ижьырабгъу Iуфэм быдапIэхэмрэ къэзакъ плъырхэм я бэтэгъейхэмрэ Iузщ - абы уаблэкIыныр тыншкъым. ЯблэкIын зыхузэфIэкIыр (яблэмыкIыфынумэ, апхуэдэ Iуэху хыхьэнукъым) жыжьэ кIуэцIрокI, шы, былым къаху, кIэс къахь. Хабзэ зэрахуэхъуащи, Псыжь зэрызэпрыкIыр гуп-гупурэщ, гуп къэс шу тIощIым щыщIигъур зэзэмызэххэщ. Апхуэдэ гупхэм зылъежьар къащехъулIэр нэхъыбэщ, я щхьэр щыхалъхьэ къэхъуми. Апхуэдэ гупхэм ящыщ зым къехъулIамрэ зэрихьа лIыгъэмрэ иджыри къэс ягъэхъыбар адыгэхэм. Сэри ар сигу къыщIинар адыгэ шум и гъащIэр зыщIит лIыгъэм и щапхъэ си гугъэщи, аращ.
1857 ГЪЭМ шу гуп икIуэдэгъащ Псыжь адрыщI. Убын псым и Iуфэм Iус Уайе лъэпкъым щыщ Бэрокъуэ Пщыкъуий Iэджэрэ зэпрыкIащ Псыжь, къэзакъхэм яхыхьэурэ шыи былыми къафIихуащ, кIэси къафIихьащ, къыщыщIэхуаи къэхъуакъым. И ныбжьыр - илъэс блыщIым нэсауэ, лIыжьым зекIуэ ежьэн мурад ищIащ. Зы къутыр ицIыхурт Пщыкъуий - Псыжь узэпрыкIрэ сыхьэтитху гъуэгу зэпыпчмэ. Илъэс тIощI и пэкIэ теуэри игъэсат Пщыкъуий къутырыр. Къутырым унэщIэ зэрыдащIыхьыжам шэч къытрихьэртэкъыми, и къуэхэмрэ и къуэрылъху щIалэхэмрэ - шу пщыкIущ - зыщIигъури, лIыжьыр гъуэгу техьащ. Пшапэр зэхэуауэ псым зэпрыкIри, шу гупыр къэзакъ щIыналъэм ихьащ, нэху щыху епсыхакъым, къамыл кIырымрэ чыцэмрэ хэт зэпытурэ къутырым нэблэгъащ. Зы цIыхуи Iууакъым апщIондэху, я лъэужьи къыхагъэщыфынутэкъым. Нэху щыщым, къутырым пэмыжыжьэу, нартыху хьэсэм зыхаудыгъуащ шу гупым: махуэр нартыху хьэсэм щрахынщи, пшапэр зэхэуэмэ, къутырым теуэнщ - апхуэдэ унафэ ищIащ лIыжьым. Шэджагъуэ хъуауэ, лIыжьыр плъакIуэ IукIащ, арщхьэкIэ хьэ банэ макъ къыщыIум, щIэх дыдэ къигъэкIэрэхъуэжащ. КIыфI хъуа нэужь, я Iэщэр къагъэхьэзырри, гупыр ежьащ, къутырым техьэри я нэ къыфIэна зы унэшхуэ екIуэлIащ. Щхьэгъубжэхэм нэху къыдидзырт, унэми цIыхур щIэзт, музыкэ макъи къыщIэIукIырт. Бжыхь лъагэм екIуэталIэри, гупыр чэнджащэ хъуащ: ныжэбэ дытевмыгъауэ, жиIащ зым, адрейм нэгъуэщI къыхилъхьащ. Нартыху хьэсэм хыхьэжрэ пщэдей жэщ пщIондэ заIэжьэмэ, нэхъ фIэзахуэт лIыжьым. Псалъэмакъ зэрыгъэхъури, аращ гупыр зытекIуэдар. Хамэ къазэрыхыхьар мэкIэ къищIэри, зы хьэ къэбэнащ, гъунэгъухэм я хьэхэри къыдэжри, гупым къажьэхэпхъуащ. Уунэхъунумэ, куэдрэ: пщIантIэм зы къэзакъ шу къыдэжащ, хьэм кхъуэпIащэ къапэщIэхуа и гугъэри. Къэзакъыр абрэдж гупым къажьэхэлъэдащ. Гупым ящыщ зы щIалэ фочыр триунащIэри, къэзакъыр къригъэпсыхащ. Унэр зейр къэзакъ шу пашэт. Абы и къуэм фыз къишати, къэзакъ унагъуэм я хьэгъуэлIыгъуэт, къэзакъ офицерищэм щIигъу, я фызхэри я бынхэри я гъусэу, къызэхуэсауэ цIыхур Iувт. Хьэ банэ макърэ фоч уэ макърэ къыщыIум, офицерхэр унэм къызэрыщIэхащ. Лъым хэлъ къэзакъым, и псэр хэмыкI щIыкIэ, офицерхэм яжриIащ абрэдж гуп къазэрещакIуэр.
Къутырым тес къэзакъ шу пашэм гъунэгъу станицэхэми Псыжь Iуфэ Iус плъырхэми хъыбар яригъэщIащ. Сыхьэт нэхъыбэ дэкIатэкъым топхэм гъуэгъуэн щыщIадзам; къэзакъ бэтэгъейхэм хьэуазэ мафIэ зэщIагъэнащ, Псыжь абрэдж хъунщIакIуэ къызэрызэпрыкIам и хъыбар ягъэIуу.
Нартыху хьэсэм зыхаудыгъуэри, шу гупыр зэчэнджэщащ. ПсыжькIэ ягъэзэжын идакъым лIыжьым: сыхьэтитху гъуэгу дэлъщ, къэзакъ плъырхэри сэлэтхэри сакъынущ, ямыгъэбэлэрыгъмэ, блэкIыфынукъым. Псыжь бгъэдэкIуэтын мурад ищIащ лIыжьым: IукIуэтынщи, пхъэрыр ягъэплъэкъуэнщ, жыжьэу къыпакIухьынщи, плъырхэр бэлэрыгъмэ, Псыжь зэпрыкIыжынщ. Гъуэмылэ яIыгъщ, гъуэмылэр къаIэщIэухэми, нартыху цIынэм къуэлIыкIынукъым махуитI-щыкIэ. Адыгэхэр апхуэдэ Iэмал зэрыхуекIуэм щыгъуазэ хъуакIэт къэзакъхэр: хьэ зыщIагъури, шу гупым ялъежьащ. Плъырыр къащыщIыхьэм, лIыжьым унафэ ищIащ: «Къутырым дгъэзэжынщ». ЛIыжьыр зэрегупсысаращ: къутырым цIыхухъу къытенэжакъым, псори къакIэлъыпхъэращ, къутырым нэсмэ, цIыхубзхэр яубыдынщи, гъуэгу къратыху, яутIыпщыжынкъым. ЦIыху пщыкIущ фIэкIа зэрымыхъур пхъэрхэм ирамыгъэщIэн щхьэкIэ, шу гупым, зэрыгъэкIийуэ, зэрыгъэгуоуэ, къутырымкIэ къаунэтIыжащ. АпхуэдизкIэ кIий-гуо макъ къаIэтати, шуудзэ къатеуа къафIэщIагъэнщ къэзакъхэм. Шу пщыкIущыр къутырым телъадэри, къэзакъ шу пашэм и унэм ежэлIащ. ЛIыжьым и мурадыр къехъулIэным зы мэскъалщ иIэжар: абы зэрыхуигъэфэщауэ, къутырым цIыхухъу къытенэжатэкъым - абрэджхэм якIэлъыпхъэрат псори. Ущыунэхъунум деж аракъэ зэрыхъу хабзэр: хъыбар зрагъэщIа станицэхэм къикIа къэзакъ шу гуп къутырым къытелъэдауэ ирихьэлIащ шу пщыкIущыр. Къэзакъхэр къапэуври, къахэуащ, зы ирагъэпсыхащ, зы уIэгъэ къащIащ. КIуапIэ яIэжтэкъым шу гупым. КIуапIэ щамыIэкIэ, къахуэнар зыт: я щхьэр халъхьэнщ, ауэ езыхэми здахьынур мащIэкъым.
Къэзакъ шу пашэм и унэм лъэбакъуищэ хуэдэкIэ пэжыжьэу зы гуэщыжь къилъэгъуащ лIыжьым. Хьэдэмрэ уIэгъэ хъуамрэ къапхъуатэри, шу гупыр гуэщыжьым зэрыхьащ, абы зыщIагъэзагъэри блыныр къамэкIэ яугъуэнащ, фочкIэ удэукI хъун хуэдэу.
Нэху щыуэ щIидзащ. Къэзакъхэр бжыхьым къыкъуоукI, пкIэунэхэм итIысхьауэ, къоуэ. Хуэм-хуэмурэ нэхъ кIащхъэ хъуащ фоч уэ макъыр. Абрэджхэм шэр зэрагъэзэхуэн хуейт - шэм и ныкъуэрат къахуэнэжар. Нэху щыпауэ, зы къэгуоуащ адыгэбзэкIэ: шэр вгъэувыIэ, къэзакъ пашэр къывэпсэлъэнущи. Куэбжэм зы къэзакъ офицеррэ зы адыгэ уэркърэ къыдэкIащ. Офицерым и псалъэр адыгэ уэркъым (къэзакъыдзэм хыхьауэ яхэтт ар) тэрмэш къахуищIащ: «Фи Iэщэр къэвгъэтIылърэ зыкъэфтмэ, зыри къыващIэнукъым, хъунщIакIуэ фыкъежьами, фи щхьэ псэууэ фаутIыпщыжынущ. Фи щхьэр афIэкIа зэрывмыхъумэжыфынур фолъагъу, зыкъэвмытын мурад фщIымэ, гуэщым мафIэ щIэддзэнщи, дыфхэуэурэ фызэтедукIэнщ».
Пщыкъуий жэуап яритащ: «Фи деж хъунщIакIуэ дыкъэкIуар пэжмэ, фэри ди деж хъунщIакIуэ фызэрынакIуэри пэжщ. Фэ дзэшхуэ фызэрогъэхъури фынытхохьэ, топи нывошажьэ, ди зы цIыху къэс сэлэтипщI къыдывоутIыпщ, фэ фи цIыхуипщIым ди зы цIыхущ пэувыр. Сабий хуэдэ, ди Iэщэр хыфIэддзэу ди щхьэр зэрыфхуэдмыгъэтIылъынур фIыуэ фощIэ. Ди Iэщэр къызыкIэрыфхынур ди хьэдэхэращ. Тхьэм фи IэмыщIэ дыкъызэрырилъхьари дызэрызэтевукIэфынури дощIэ дэ. Дэ дымащIэщ, фэ мин фызэрыгъэхъуащ. СыткIэ къыфщхьэпэн ди хьэдэр, дызэтевукIэмэ? Фэри фхэдукIыкIынуIащ. Ди лъэпкъым дилъ ящIэжынущ. ДывутIыпщыжи, ар нэхъыфIщ фи дежкIэ. ЩхьэщэхужыпщIэр къыджефIэ. Сэ сыкъулейкъым, ауэ си лъэпкъыр къыскъуэувэнущ. Си щIалэ нэхъыщIэр шэсу къыфхузогъанэ».
Къэзакъ офицерымрэ къумалымрэ IукIыжри, щIэх дыдэ къагъэзэжащ. Тэрмэшым жиIащ: «Узыщымыгугъыным ущогугъ, Бэрокъуэ и къуэ. Урысхэр еувэлIэнукъым уи псалъэм. Лей мащIэ щызепхьакъым уэ, дыгъужьыжь, Псыжь адрыщI. Къапхъэным удэхуакIэщ, уаутIыпщыжыным ущымыгугъ. Акъыл уиIэмэ, зыкъэптынщ. Зыкъыумытрэ - кхъуэпIащэ хуэдэ мафIэм упэрагъэлъэдэнурэ уагъэлынцIынущ». А псалъэм къигъэчащ лIыжьыр: фочыр триубыдэри уэркъым и куэпкъ ижьыр игъэщэщащ. «Тхьэм и нэлатыр къыптихуэ, кхъуэцIапIэ», - щIэкIиящ лIыжьыр тэрмэшым.
- Зи жьакIэ тхъуа уи лъэпкъэгъум псалъэ фIейкIэ уещащ. Уи пIэ уизукIыхьынт, ауэ ар пхуэфащэкъым уэ. Уи щхьэ зэрыхьщ, псэу, ауэ къумалыпщIэ къыпхуэлэжьынукъым дяпэкIэ. Офицерыр Iужыжащ; тэрмэшыр, хьэлъакъуиплI зищIри, къыхэкъугъыкI защIэурэ, Iупщыжащ, лъыр къыпыжу.
Шэр къытракIутэн щIадзэжащ. Гуэщыжьым и блынхэр гъуанэпщIанэ ящIащ къэзакъышэм; мыдрейхэми щIачэркъым - я шэр зрагъэпщам фIэкIыркъым. Зы сыхьэтым щы къаукIащ къэзакъхэм, блыр уIэгъэ къащIащ. УIэгъэ хъуат лIыжьри. И щхьэр фIеудыж лIыжьым, и гум къыщIитхъыр къызэраукIынуркъым - и къуэхэмрэ и къуэрылъхухэмрэ укIыпIэ къызэрыришарщ. «Ди адэ, - жиIащ лIыжьым и къуэ нэхъыжьым, Зэчрей зи цIэм, - ди щхьэр тхухэхынущ». «Дауэ?» - лIыжьыр и къуэм еплъащ. «Дэ дакъыхуэгъани, уэ кIуэж. Дэ я IэмыщIэ зитлъхьэмэ, уэ зыр уаутIыпщыжынщ. Зи напэ текIынур уэракъым, дэращ. Бэрокъуэр зымыцIыху адыгэ щыIэкъым: щхьэщэхужыпщIэ къэпхьынщи, дыпшэжынщ. Уи щхьэр зыфIумыудыж: уэ лажьэ уиIэкъым, Тхьэм иухат апхуэдэу хъун хуейуэ». ЛIыжьым и щхьэр игъэсысащ: «Урысхэм саутIыпщыжынукъым сэ - ялъ куэдыIуэ стелъщ. Къумалри уIэгъэ сщIащи, къыдэпсэлъэн ядэжынукъым». «Сэ сыкIуэнщ, сэ сеплъынщ, - жиIащ Зэчрей. - Урысыбзэ тIэкIу сощIэ». «Зы псалъэ къыбжьэдэмыкI щIыкIэ уаукIынщ», - идакъым лIыжьым. «СаукIынкIи хъунщ, - жиIащ Зэчрей. - СымыкIуэми, саукIынущ - тIум щыгъуэми зыкъэ?». «КIуэ-тIэ, Тхьэм укъихъумэ»,- жери, лIыжьыр къызэфIэуващ. Шэр нэхъ мащIэ щыхъум, Зэчрей гуоуащ: «Зыгуэр фыкъызбгъэдыхьэ, сынывэпсэлъэнущи!». «Уэ къыщIэкI, дзыхь фхуэтщIыркъым», - къыжраIащ Зэчрей. Фочыр и дамэм трилъхьэри, Зэчрей гуэщым щIэкIащ, бжыхьым бгъэдыхьэри, яжриIащ: «Ди адэмрэ ди шынэхъыщIэмрэ футIыпщыж. Ди адэр Псыжь зэпрыкIыжмэ, ди шынэхъыщIэм къигъэзэжынурэ, псоми Iэщэр дгъэтIылъынущ. Армырмэ, ди псэр ттын мурад тщIащ».
Урыс офицер хэкIуэтар - ара хъунт я унафэщIыр - арэзы хъуа хуэдэт абыкIэ. Зэчрей къигъэзэжри, и адэр гуэщым къыщIишащ. ЛIыжьым и фочыр дохъутейм ирилъхьащ, и къуэ нэхъыщIэр зыщIигъури ежьащ, бжыхьым нэмыс щIыкIэ шэр къытракIутэри, лIыжьыр джэлащ. ЩIалий къыщIэцIэфтащ гуэщым. Къэзакъхэри сэлэтхэри къатезэрыгуэри, плIыр абдежым къыщаукIащ, тхум лIыжьым и хьэдэр гуэщым нахьэсын яхузэфIэкIащ. Псэууэ тху фIэкIа къызэрымынар ялъэгъуарэ пэт, къебгъэрыкIуэн къракуакъым, къуэгъэнапIэм къыкъуэукIыурэ шэр къытракIутэ фIэкIа. Псэууэ къэнахэр уIэгъэт, лъы защIэт. Заул дэкIри, фоч уэ макъыр зэпыуащ. Аргуэру зы заул дэкIыжри, гуэщыжьым мафIэр къыжьэхэлыдащ: топкIэ къеуащ. Топышэм къелар Зэчрейрэ и къуэмрэщ. Зэчрейрэ и къуэмрэ, я Iэ ижьымкIэ сэшхуэр, я Iэ сэмэгумкIэ фоч кIэщIыр яубыдри, топымкIэ задзащ. Шэр къателъэлъащ зэадэзэкъуэм. Топым нэмыс щIыкIэ Зэчрей джэлащ, и къуэр, топым нэсауэ, къаукIащ. УIэгъэ хьэлъэ хъуами, Зэчрей и псэр пытт. Екатеринодар къашэри, дохутырхэм кърагъэлащ Зэчрей, иужьым къакIэщIэкIуэсыкIыжын хузэфIэкIащ. И адэмрэ и къуэшхэмрэ зэрыкIуэда щIыкIэм и хъыбар и лъэпкъэгъухэм къахуихьыжащ Зэчрей. ДжэгуакIуэхэм уэрэд хуаусащ Бэрокъуэ хахуэм; абы и хъыбарыр сэ къызжезыIэжар мафIэм псэууэ къыхэкIыжа и къуэ закъуэрщ.
ПсыикIыж.
Сурэтыр Къуанэ Аслъэн ищIащ.1994 гъэ
Лапинский Теофил. («Кавказ бгырысхэмрэ абыхэм я хуитыныгъэм папщIэ урысхэм драгъэкIуэкIа бэнэныгъэмрэ»). 1863 гъэ
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1949.txt"
} |
ЦIыху Iэпкълъэпкъым теухуауэ
Лъы мыкIуэу цIыхум и Iэпкълъэпкъым зы щIыпIэ закъуэщ иIэр - и нэщIыIуфэр (роговица глаза). ЦIыхум и нэр щызэтехам деж нэщIыIуфэм хьэуар лъоIэсри, апхуэдэу къыIэрыхьэ кислородым ирокъу, лъынтхуэ емыкIуалIэми.
Сабийр мазибл ирикъуху шхэнри бэуэнри зэдехь. ЦIыху балигъым апхуэдэу хуэщIынукъым иужь ихьэми.
Псантхуэм ирижэ импульсым зы сыхьэтым километр 274-рэ къызэпеч.
Дунейм телефону тетым зэгъусэу япкъырыт электроимпульсым нэхърэ нэхъыбэ зы махуэм къегъэщI цIыхум и щхьэкIуцIым.
Зы цIыхум и Iэпкълъэпкъым химие пкъыгъуэу хэлъыр къэбгъэсэбэпу къыпхуэгъэщIынут зы хьэ хэз бжьыдзэ зыукIын серэ, къэрэндащ 900 къэзыщIын углерод, зы топышэ зыгъэуэн калий, сабын Iыхьи 7 къызыхэкIын дагъэ, псы литр 50-м щIигъу.
ЦIыхум и гъащIэм къриубыдэу абы и гум лъы литр мелуани 182-рэ кърехуэкI.
Мы псалъэухам уеджэху уи Iэпкълъэпкъым щыщу налъэ мин 50 малIэри, абыхэм я пIэм щIэ къоувэж.
Чарльз Осборн зэпымычу илъэс 68-кIэ хьэкIащ.
Iэ ижькIэ тхэхэр Iэ сэмэгукIэ тхэхэм нэхърэ илъэси 9-кIэ нэхъыбэрэ мэпсэу.
ЦIыхум пщIыхьэпIэу илъагъум и процент 90-р щогъупщэж.
Зи ныбжь нэса цIыхум и гъащIэм и кIэм ирихьэлIэу информацэ террабайти 150-рэ и щхьэкуцIым илъщ, абыхэм я нэхъыбапIэр къыхуэмыгубзыгъыжми.
ЦIыху Iэпкълъэпкъым хуабагъэ фIокIуэд. Абы и процент 80-р щхьэмкIэ къыпкърокI.
ЦIыхум псыхуэлIэр къыщохьэ и Iэпкълъэпкъым псыуэ итым и зы процент фIэкIуэдамэ. Проценти 5 хэщIмэ къомэх, проценти 10 хуримыкъумэ - малIэ.
Илъэси 4 ирикъу сабийм зы махуэм къриубыдэу упщIэ 450-рэ ет.
ЦIыхуитI дунейм теткъым я IэпапIэр зэтехуэу. Псэущхьэхэм апхуэдэу яхэтыр коалэращ.
Узыфэ куэд бактерие зэмылIэужьыгъуэхэм къыхэкIыу жаIэ. Ауэ щIэныгъэлIхэр зыщыгъуазэ бактериехэм я проценти 10-ращ шынагъуэр.
ЦIыхум и гъащIэм къриубыдэу и фэр 1000-рэ токIри, къытокIэж. Ауэ абы зэи гу лъитэркъым езым.
Iэпкълъэпкъым мывэ хьэзыру 4 пкърылъщ: апатит, арагонит, кальцит, кристобалит.
Зы дакъикъэм къриубыдэу щхьэкуцIым химие реакцэ мини 100 къыщокIуэкI.
Сабийм лъэгуажьэтес имыIэу къалъху. Ахэр сабийр илъэси 2 - 6 щыхъум ирихьэлIэу къикIэу аращ.
Iэпкълъэпкъым нэхъ лъэщ дыдэу хэт лыпцIэр - бзэгурщ.
Сабий цIынэм и щхьэкуцIыр налъэ мелард 14-у зэхэлъщ. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, абыхэм я бжыгъэр хэхъуэркъым, атIэ, хэщIыурэ макIуэ. ЦIыхум и ныбжьыр илъэс 25-м зэрынэсу, щхьэкуцIым налъэ мини 100-м щIигъу холIыкI зы махуэм къриубыдэу. Тхылъ щеджэкIэ, зы дакъикъэм налъэ 70 малIэ. ЦIыхур илъэс 40-м нэса нэужь, налъэхэр нэхъ псынщIэу кIуэдын щIадзэри, илъэс 50-м ирихьэлIэу щхьэкуцIыр, къапщIэу, нэхъ цIыкIу, щыгъупщэх мэхъу, языныкъуэ къуэпсхэр мэгъу.
КIэтIий псыгъуэм метри 2,5-рэщ и кIыхьагъыр. Ауэ, цIыхум и псэр зэрыхэкIыу, кIэтIийм лэжьэн щегъэт, мэпсэхужри, метри 6-м нэс зешэщIыж.
ЦIыху балигъым зы махуэм къриубыдэу мин 23-рэ хьэуар жьэдешэри къыжьэдегъэкIыж.
ЦIыхум и жьэкIуэцIым бактерие мин 40 жьэдэсщ.
ЦIыху балигъым и нэм плъыфэ мелуани 10 хузэхогъэкI, ауэ сабий къалъхуагъащIэм щIыхур илъагъуххэркъым.
Зы жэщ-махуэм къриубыду цIыхум псалъэ 4800-рэ къыжьэдокI.
ЦIыхур пщэдджыжьым милиметри 8-кIэ нэхъ лъагэщ пщыхьэщхьэм нэхърэ. Махуэ псом лэжьа цIыхум и тхыцIэр зэщегуэри, жэщым, зыщигъэпсэхукIэ, зеукъуэдииж.
ЦIыхур щыпсчэкIэ къыжьэдэкI жьым зы сыхьэтым километри 100 къызэпеч.
Сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей хуэзэ цIыхур махуи 10-кIэ мыжеймэ, лIэнущ. Къыхэгъэщыпхъэщ ар шхыныншэу тхьэмахуэ бжыгъэкIэ зэрыпсэуфынур, жейкIэ ирикъумэ.
Фырэ Анфисэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "195.txt"
} |
Ласицкенерэ Акименкэрэ Олимпиадэм хэтыну хуит ящI
Атлетикэ псынщIэмкIэ дунейпсо ассоциацэм Допингым пэщIэт и комитетыр арэзы техъуащ Урысей Федерацэм и языныкъуэ спортсменхэр 2021 гъэм екIуэкIыну лъэпкъхэм зэдай зэхьэзэхуэхэм хэтыну. Хуит ящIа цIыхуипщIым ящыщщ Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщалъхуарэ зыщызыгъэсахэу Ласицкене (Кучинэ) Мариерэ Акименкэ Михаилрэ.
ЛъагапIэм щхьэпрылъынымкIэ ди лъахэгъу спорсмен цIэрыIуэхэр иджыпсту ЩIы хъурейм щынэхъыфI дыдэхэщ икIи зи къаруилъыгъуэхэщ. Илъэс 28-рэ зи ныбжь Ласицкене и закъуэщ щыIэр щэнейрэ дунейпсо чемпион хъуауэ. Абы нэхърэ илъэситIкIэ нэхъыщIэ Акименкэ иужьу 2019 гъэм зэхэта зэхьэзэхуэм дуней псом и вице-чемпион щыхъуащ.
КъищынэмыщIауэ, Атлетикэ псынщIэмкIэ дунейпсо ассоциацэм и Советым унафэ къищтащ ди лъахэгъухэм ядэщIыгъуу иджыри цIыхуи 8 мынэхъыбэ гъэмахуэм Токио щрагъэкIуэкIыну я мурад Олимп джэгухэм Урысейм щыщу ямыгъэкIуэну. Ласицкене Мариерэ Акименкэ Михаилрэ апхуэдэ пщIэрэ дзыхьрэ къалэжьащ хьэрэмыгъэ (допинг) зэрахьауэ зэи къазэрыпэщIэмыхуамрэ зэфIэкI лъагэ дыдэхэр зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэм къызэрыщагъэлъагъуэмрэ я фIыгъэкIэ. Аращи, дызыхуэкIуэ гъэмахуэм, нэгъабэ лъандэрэ дызыпэплъэ Олимпиадэр Японием и къалащхьэм щекIуэкI къудеймэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ спортсмен цIэрыIуитI нэхъ мыхъуми абы зэрыхэтынур белджылыщ. Пэжщ, абыхэм Урысей Федерацэм и цIэкIэ зыкъагъэлъэгъуэну иджыри хуиткъым, ауэ дэтхэнэ зыми зэрытлъэкIкIэ дазэрыдэщIынум шэч хэлъкъым.
Куэд зэрыщыгъуазэщи, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Прохладнэ лъагапIэм щхьэпрылъ спортсмен Iэзэхэр щагъэхьэзыр щIыпIэ телъыджэщ. Абы и щыхьэтщ а къалэм къыщалъхуа икIи зыщызыгъэса Ласицкене (Кучинэ) Мариерэ Акименкэ Михаилрэ я ехъулIэныгъэхэр. Иужь илъэсхэм а тIум дэрэжэгъуэ инхэр къыдат. ЖыпIэну ирикъунщ 2019 гъэм иужьу Катарым щекIуэкIа атлетикэ псынщIэмкIэ зэхьэзэхуэм ди къэралым икIа спортсменхэм медаль лIэужьыгъуэ псоми я тIурытI къахьауэ зэрыщытар. Абыхэм ящыщу зы дыщэрэ дыжьынрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Прохладнэ къалэм къыщалъхуахэм икIи зыщызыгъэсахэм яIэрыхьат. Ар хуабжьу ехъулIэныгъэшхуэщ. Къыхэдгъэщыну дыхуейт Ласицкене Марии Акименкэ Михаили лъагапIэм щхьэпрылъыным зыщыхуагъэсар а къалэм и зы спорт секцэу зэрыщытыр. Иджы ахэр ящыщщ мы гъэм Токио щекIуэкIыну Олимп джэгухэм ягъэкIуэну япэу зыхуагъэфащэхэм.
КъалэкIыхьым щыщ лъагапIэ щхьэпрылъынымкIэ ди спортсмен цIэрыIуэхэм Прохладнэ и зы секцэм зыщагъэсам и мызакъуэу, зэныбжьэгъу пэжщ икIи я Iэзагъымрэ къагъэсэбэп IэмалхэмкIэ зэдогуашэ. Аращ ехъулIэныгъэфIхэр щIызыIэрагъэхьэфри.
- Урысей Федерацэм и ныбжьыщIэ зэпеуэм сэ ещанэ сыщыхъуам, Кучинэ Марие НыбжьыщIэхэм я Олимп джэгухэм щытекIуауэ щытащ, - гуапэу игу къегъэкIыж Акименкэ Михаил. - Прохладнэм ар псоми къыщацIыху икIи фIыуэ къыщалъагъу.
Ласицкене Марие къыщацIыхури фIыуэ къыщалъагъури Прохладнэм и закъуэкъым. Абы и зэфIэкIымрэ цIыхугъэ дахэмрэ итхьэкъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрми, Урысей Федерацэми, уеблэмэ дуней псоми щыпсэухэр. Иджы апхуэдэ пщIэ игъуэтащ Акименкэ Михаили.
Иджыблагъэ абыхэм аргуэру дагъэгуфIащ. Атлетикэ псынщIэм тетхыхь США-м и «Trak and Field» журналым иригъэкIуэкIа щIэупщIэныгъэм зэригъэбелджыламкIэ, Марие яхэхуащ дунейм и спортсмен нэхъыфIипщIым. Илъэс ещанэ хъуауэ зэкIэлъхьэужьу Ласицкене апхуэдэ пщIэ къелэжь. 2016 гъэм еплIанэу щытащ, Европэм щынэхъыфIу, 2017 гъэм етIуанэ хъуащ. Иджы ещанэу зэкIэлъхьэужьу (2018, 2019, 2020 гъэхэм) къилъытащ дунейм щынэхъыфIу.
Урысей Федерацэм атлетикэ псынщIэмкIэ и спортсменхэр дунейпсо утыку ихьэну хуит зэрамыщIымрэ коронавирус уз зэрыцIалэм зэрыщахъумэмрэ къыхэкIыу зэхьэзэхуэ куэдым ди лъахэгъухэр нэгъабэ хэтыфакъым. Апхуэдэу щыт пэтми, Iэмал щигъуэта зэпеуэу тхуми Ласицкене Марие щытекIуащ икIи 2020 гъэм и рекордыр игъэуващ – «Русская зима» зэхьэзэхуэм нэгъабэ и мазаем (февралым) метри 2-рэ сантиметри 5-м щыщхьэпрылъащ.
Дызэрыт илъэсыр Гъэмахуэ Олимп джэгухэр щекIуэкIыну гъэщ. Ар хъарзынэу ирагъэжьащ Ласицкене Мариерэ Акименкэ Михаилрэ. Челябинск къалэм щыIа «Лукашевичрэ Середкинымрэ я мемориал» зэпеуэм ди лъахэгъухэм къащыпэлъэщын къахэкIакъым. Метр 1,92-м щхьэпрылъри, Марие илъэс ебланэ хъуауэ зэкIэлъхьэужьу абы щытекIуащ. ЦIыхухъухэм Михаил хуэдэ яхэтакъым. Прохладнэдэсым къызэринэкIа метри 2-рэ сантиметр 28-р адрейхэм я хъуэпсапIэ къудейт.
Аргуэру зы зэхьэзэхуэ иным иджыблагъэ хэтащ Ласицкенерэ Акименкэрэ. ЦIыхубзхэмрэ цIыхухъухэмрэ щызэпэщIагъэувэу Мэзкуу щрагъэкIуэкIа «Битва полов» зэпеуэ иным а тIури щынэхъ лъэщащ.
Марие абы ещанэу зэкIэлъхьэужьу щытекIуащ, езым хуэдэу лъагапIэм щхьэпрылъыф къэралми дунейми иджыпсту зэрыщымыIэр щIигъэбыдэжу. Абы метри 2-р къызэринэкIащ икIи псори зэхэту балл 1219-рэ зыIэригъэхьэри, бжьыпэр иубыдащ. Ласицкене гъунэгъу къыхуэхъуфар Акименкэ и закъуэщ. Метри 2-рэ сантиметр 31-м щхьэпрылъри, Михаил балл 1188-рэ къихьащ. А ехъулIэныгъэхэр олимп гугъэфIхэр уэзыгъэщI дэрэжэгъуэщ.
Мызэ-мытIэу фызэрыщыдгъэгъуэзащи, прохладнэдэс хъыджэбзым и закъуэщ щэнейрэ дунейпсо чемпион хъуфар - лъагапIэ дэлъей цIыхухъухэми цIыхубзхэми игъащIэм яхэтакъым апхуэдэ зыхузэфIэкIа. Фигу къэдгъэкIыжынщи, ар щытекIуащ 2015 гъэм Пекин щыIа, 2017 гъэм Лондон щекIуэкIа, 2019 гъэм Катарым щызэхаша ЩIы хъурейм и зэпеуэхэм. КъищынэмыщIауэ, лъагапIэм щхьэпрылъынымкIэ дуней псом и вице-чемпион хьэрып къэралым щыхъуащ КъалэкIыхьым щыщ Акименкэ Михаил.
Зи хъыджэбз унэцIэр Кучинэ Марие и къежьэкIар телъыджэщ. 1993 гъэм и пэщIэдзэм Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщалъхуа хъыджэбз цIыкIум и ныбжьыр илъэсипщI ирикъуа къудейуэ арат Прохладнэ дэт курыт еджапIэхэм ящыщ зым физкультурэмкIэ и егъэджакIуэу лажьэ Габрилян Геннадий и нэIэм щыщIэхуам. Сабийхэм ядригъэкIуэкI урокхэм абы псынщIэу гу щылъитащ адрейхэм и инагъкIи зэфIэкIкIи къахэщ хъыджэбз псыгъуэ цIыкIум. КъыщызэдэжэкIи, лъагэу щыдэлъейкIи, нэгъуэщI дерсхэмкIи ар псоми фIыкIэ къахэщырт.
Марие спорт зэфIэкI лъагэ къызэрыкъуэкIыфынур нэрылъагъут. Абы папщIэ ерыщу дэлэжьэн хуейт. А Iуэхугъуэ мытыншыр и пщэ дилъхьэжащ физкультурэмкIэ егъэджакIуэ къызэрыгуэкI Габрилян Геннадий икIи, зэман дэкIри, щыгуфIыкIыжащ: тренерми абы и гъэсэнми дунейпсо цIэрыIуагъ ягъуэтащ. Иджы Ласицкене Марие дуней псом тхуэнейрэ и чемпионщ (тIур щхьэ зытелъ стадионхэм къыщихьащ), Европэм щэнейрэ щытекIуащ, Континентхэм я кубокыр тIэунейрэ зыIэрыхьащ, НыбжьыщIэхэм я Гъэмахуэ Олимп джэгухэм и дыщэ медалыр къэзыхьащ, «Налкъутналмэс лигэм» щэнейрэ щынэхъыфIащ, нэгъуэщI лъагапIэ куэдри къызэхъулIа спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастерщ.
Ар адрейхэм сыт щыгъуи фIыкIэ къахэщырт. 2010 гъэм НыбжьыщIэхэм я Гъэмахуэ Олимп джэгухэм щытекIуащ. КъыкIэлъыкIуэ щIымахуэм метр 1,97-м щхьэпрылъащ. Ар ныбжьыщIэхэм я дунейпсо рекордт. И ныбжьыр илъэс тIощIрэ зырэ щрикъум метри 2,01-р къызэринэкIащ. А лъэхъэнэ дыдэм «Налкъутналмэс лигэм» япэу щытекIуащ. Аргуэру илъэс дэкIри, дунейпсо чемпион хъуащ. Абы иужькIэ зыхэта зэхьэзэхуэ 45-м зэкIэлъхьэужьу щытекIуащ – апхуэди зыхузэфIэкIа ЩIы хъурейм иджыри къэс Ласицкене Марие фIэкIа къытехъуакъым.
Ди лъахэгъу цIыхубзым иджыри къэс къищта лъагапIэ нэхъ ин дыдэр метри 2-рэ сантиметри 6-рэщ. Болгарием щыщ Кастадиновэ Стефкэ зыкъом щIауэ игъэувауэ иджыпстурей дунейпсо рекордыр абы зэрыщхьэщыкIыр сантиметрищ къудейщ. Марие и ныбжьыр илъэс 28-рэ хъууэ аращ икIи спортсменхэм я зэфIэкI нэсыр къыщызэкъуах лъэхъэнэм итщ. Шэч хэлъкъым дунейпсо рекордри абы къызэрехъулIэнум.
Сыт щыгъуи текIуэу щытауэ къыпщохъу Ласицкене Марие. АрщхьэкIэ дяпэкIэщ и ехъулIэныгъэ нэхъ ин дыдэхэр щыщыIэну хуагъэфащэр. Апхуэдэу езым къилъытэр Гъэмахуэ Олимп джэгухэм я дыщэ медалырщ. 2016 гъэм Рио-де-Жанейрэ щыIам Дунейпсо Олимп Комитетымрэ (МОК) ИААФ-мрэ (Атлетикэ псынщIэмкIэ дунейпсо федерацэ) ягъэкIуакъым, ди къэралым и допинг Iуэхухэм я гуащIэгъуэти. Токио мы гъэм щекIуэкIынум Iэмал имыIэу хыхьэну хуейщ, иджыпсту зэрыт зы къэралми имей (нейтральнэ) статусым фIэкIа имыIэми.
Олимп джэгухэм мыхьэнэшхуэ яIэщ дэтхэнэ зы спортсменым и дежкIи. Абы щытекIуэм и пщIэр и гъащIэ псокIэ Iэта зэрыхъум къищынэмыщIауэ, и псэукIэм и зэIузэпэщынагъри куэдкIэ елъытащ. Аращи, Ласицкене Мариерэ Акименкэ Михаилрэ иджыпсту я гупсысэр нэхъыбэу, дауи, зытеухуар гъэмахуэм Японием щыIэну Олимпиадэращ. Коронавирус уз зэрыцIалэм къимыгъэдзыхэу ар щагъэIэрэ абы ягъакIуэ къудеймэ, ди лъахэгъухэм я текIуэныгъэхэмкIэ дызэрагъэгуфIэнум шэч къытетхьэркъым.
Абы щыгъуэми дунейм, псом хуэмыдэу езы Японием, къыщызэщIоплъэ гъэмахуэ Олимп джэгухэр Токио щымыгъэIэным ехьэлIа зэдауэхэр. Абы и бийхэм IэщIэдз мин 400-м щIигъу зэхуахьэсакIэщ. КъищынэмыщIауэ, щIыпIэ дохутырхэм я зэгухьэныгъэмрэ депутати 137-мрэ МОК-мрэ Японием и правительствэмрэ зыхуагъэзащ Олимпиадэр аргуэру ягъэIэпхъуэну е щамыгъэIэхэну къагъэуву. Ахэр мэшынэ коронавирус уз зэрыцIалэр нэгъуэщI къэралхэм къикIыну спортсменхэмрэ абыхэм ядэщIыгъунухэмрэ къагъэятэжыну, штамм зэмылIэужьыгъуэхэр Дыгъэр къыщыкъуэкI я хэку зэщIэгъагъэм къызэдахьу. Iуэхур зэрыхъунур зэкIэ нэгъэсауэ зыми ищIэркъым. Дэ нэхъыфIым дыщыгугъынщ икIи ди спортсмен цIэрыIуэхэу Ласицкене Мариерэ Акименкэ Михаилрэ я ехъулIэныгъэ инхэм дыпэплъэнущ.
Жыласэ Заурбэч.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1950.txt"
} |
Дунейм щыхъыбархэр
Хэгъэзыхь хэлъ хъунукъым
COVID-р цIыхум къыпкърымыхьэным хуэщхьэпэ мастэхэр ди къэралым щыпсэухэм халъхьэ щыхъунур езыхэр абыкIэ арэзымэщ, узыфэм щыхъума хъунымкIэ ар хэкIыпIэфIу зэрыщытыр хьэкъыу япхыкIамэщ.
«Сэ иджыри зэ къэзгъэлъэгъуэну сыхуейщ коронавирусым зэрыпэщIэт мастэр цIыхухэм яхэлъхьэным теухуа Iуэхум сызэреплъыр. ФIэкIыпIэ имыIэу ар цIыхухэм яхэлъхьэн хуейуэ бгъэувыныр тэмэмкъым, уеблэмэ абыкIэ хэбгъэзыхь хъунукъым. ЦIыхухэм езыхэм къагурыIуэн хуейщ хущхъуэм и сэбэпынагъыр зыхуэдизыр, ар зыхрамыгъэIумэ, зыIууэнкIэ хъуну гугъуехьхэр, узыфэр зэрышынагъуэр, мастэр зыхрамыгъалъхьэу ар къапкърыхьэмэ, къемылынкIэ зэрыхъунур зыхащIапхъэщ», - щыжиIащ УФ-м и Президент Путин Владимир экономикэ Iуэхухэм щытепсэлъыхьа зэIущIэу Сочэ къалэм иджыблагъэ щригъэкIуэкIам.
Урысейм тэмэму щызэтеублащ вакцинэр цIыхухэм ехьэлIэным теухуа Iуэхур, икIи мастэхэм уащIыщышынэн щымыIэу тэмэму зэхэлъхьащ, къыхигъэщащ къэралым и Президентым. Гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэм зэрыщIидзэр, цIыхухэр нэгузегъэужьакIуэ, зыплъыхьакIуэ зэрызэбгрыкIынур къэлъытауэ, мастэр зыхрагъалъхьэмэ зэрынэхъ тэмэмри щIигъужащ. «Сэ иджыри зэ тезгъэчыныхьу ди къэралым щыпсэу псоми захуэзгъэзэну сыхуейщ. Iуэхум нэхъ тэмэму фегупсыс. Урысей вакцинэр цIыху мелуанхэм ирахьэлIакIэщ и зэфIэкIри къигъэлъэгъуащ – ар дуней псом щызэхалъхьахэм я нэхъ лъэщщ икIи нэхъ шынагъуэншэщ», - жиIащ Путин Владимир.
Псалъэмакъышхуэ къикIауэ щытащ цIыхухэм мастэр егъэзыгъэкIэ яхэлъхьэным теухуа унафэ Якутием къызэрыщащтам. Республикэм и Правительствэм къигъэувырт мастэр цIыхухэм Iэмалыншэу яхэIун хуейуэ, зи лэжьакIуэхэм ар яхезымыгъэлъхьэфа унафэщIхэм сом мин 200-кIэ етхьэкъуну. Вакцинэр зыхезымыгъэлъхьахэр ямыгъэлэжьэнуи къагъэуват.
Я хуитыныгъэхэр къызэпауду жаIэу цIыхухэр къызэрыIэта нэужь, щIыналъэм и Iэтащхьэхэр икIуэтыжащ икIи «Iэмалыншэу» псалъэр я унафэм хагъэкIыжащ. Якутием и Iэтащхьэ Николаев Айсен накъыгъэм и 26-м цIыхухэм захуигъэзащ, залымыгъэкIэ мастэр зэрыхамылъхьэнур къыхигъэщу. «НаIуэу зэрыщытщи, республикэм и цIыхухэм мастэр зыхрагъэлъхьэну пIащIэркъым. Абы кърикIуэращи, коронавирусым игъэсымаджэхэми илIыкIхэми я бжыгъэр мащIэкъым», - жиIащ Николаевым икIи цIыхухэр къыхуриджащ узыфэм зэрызыщахъумэным яужь итыну.
Къум лъабжьэм щыIэ тенджыз
Китайм и щIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, пшахъуэщIхэм я лъабжьэм псы щыIэщ. Абы и щыхьэтхэм ящыщ зыуэ къалъытэ я къэралым щыщ Такла-Макан къумым и лъабжьэм къыщагъуэта тенджызыр.
А щIыпIэм и хьэуар щIэныгъэлIхэм къыщапщытэм къигъэуIэбжьащ ар зэрыкъабзабзэм. Такла-Макан къэкIыгъэ зыри иткъым икIи щIэныгъэлIхэм жэуап иратын хуейуэ къахудэкIащ мыпхуэдэ упщIэм: «Сыт атIэ зыщIэзышэр углекислэ газыр?» ЩIэныгъэлIхэм нэгъуэщI пшахъуэщIхэм я хьэуар къыщахутэм наIуэ къэхъуауэ щытахэм ирагъэпщащ Такла-Макан и хьэуам и щытыкIэр. Япэрейхэм я хьэуам углекислэ газу куэд дыдэ хэтт.
Китайм щIэныгъэхэмкIэ и академием и профессор Ли Янь зи пашэ щIэныгъэлI гуп илъэсипщIым и кIуэцIкIэ кIэлъыплъащ а щIыпIэм, къумым и парник газыр здэкIуэр къахутэну я мураду. Такла-Макан щагъэува Iэмэпсымэхэм зэпымыууэ къагъэлъагъуэр зыт - пшахъуэщIым щхьэщыт хьэуар зэрыкъабзэ дыдэрт. ИкIэм-икIэжым щIэныгъэлIхэм я щхьэр хуэкIуащ къумым и пшахъуэр зыхуэдэри къапщытэну. Абыхэм углекислэ газыр зыщIэзышэ пкъыгъуэ къагъуэтащ.
ИужькIэ щIэныгъэлIхэм экспедицэ зыбжанэ къызэрагъэпэщурэ Такла-Макан нэхъ куууэ хэIэбэурэ пшахъуэр зыхуэдэр яджащ икIи къэпщытэныгъэ псоми къагъэлъэгъуащ пшахъуэм псы зэрыхэтыр. ЩIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, Такла-Макан къумым и лъабжьэм тенджызышхуэ щIэтщ, аращ углекислэ газыр зыщIэзышэр, хьэуари апхуэдизу зыгъэкъабзэр.
КъэхутакIуэхэм я лэжьыгъэм пащэ, сыту жыпIэмэ адэкIэ кIуэтэху упщIэхэр нэхъыбэ мэхъу. Сыт хуэдиз а тенджызым и инагъыр? СыткIэ къэбгъэсэбэп хъуну ар? Зэхуэхьэса хъуа апхуэдиз углекислэ газыр, зэман дэкIмэ, цIыхум зэран къыхуэмыхъужыну пIэрэ? А псори зэхагъэкIыну къапэщытщ абыхэм.
Нобэ
♦Къэжыхьыным и дунейпсо махуэщ
♦ШхынкIэ емыгъэлеинымрэ къэуат зыщIэлъ ерыскъымрэ я махуэщ
♦Италием егъэлъапIэ Республикэ щыхъуа махуэр. 1946 гъэм а хэкум щрагъэкIуэкIа референдумым унафэ къыщащтащ къэрал гъэпсыкIэр зэхъуэкIыным, пащтыхьыгъуэр щымыгъэIэжыным теухуауэ.
♦Азербайджаным и граждан авиацэм и лэжьакIуэхэм я махуэщ
♦1905 гъэм США-м и президент Рузвельт Франклин арэзы хъуащ Урыс-Япон зауэр ягъэувыIэнымкIэ дэлэл хъуну.
♦1920 гъэм РСФСР-мрэ Тыркумрэ дипломатие зэхущытыкIэ зэхуаIэ хъуащ.
♦1924 гъэм США-м щыпсэу индейцхэр а къэралым и цIыхуу къызэралъытэ унафэм Iэ щIадзащ.
♦1928 гъэм Налшык тхылъ тедзапIэ къыщызэIуахащ.
♦1931 гъэм Лондон (Инджылыз) щызэхэтащ Газым елэжьхэм я дунейпсо зэгухьэныгъэ къызэгъэпэщыным теухуа унафэ къыщащта конференцэ.
♦1953 гъэм Елизаветэ ЕтIуанэр Инджылызым и пащтыхь гуащэ хъуащ, а къулыкъум зэрыпэрыувэм теухуа гуфIэгъуэ дауэдапщэхэр зэхэтащ.
♦1955 гъэм Байконур космодромыр ухуэн щIадзащ.
♦1962 гъэм Новочеркасск щызэтраукIат уасэхэр зэрыдрагъэуеямкIэ зэрымыарэзыр жаIэну уэрамым къыдыхьа цIыху мамырхэр. Абы щыгъуэ цIыху 24-рэ хэкIуэдат, 39-рэ уIэгъэ хъуат. Къэралым къыпэувауэ ягъэкъуаншэри, суд унафэкIэ цIыхуибл яукIат, 114-рэ ягъэтIысат.
♦1976 гъэм СССР-мрэ Филиппины Республикэмрэ яку дипломатие зэхущытыкIэхэр дэлъ хъуащ.
♦1876 гъэм къалъхуащ совет тхакIуэ, драматург цIэрыIуэ, Сталиным и цIэр зезыхьэ саугъэтыр зыхуагъэфэща Тренёв Константин.
♦1937 гъэм къалъхуащ адыгей сурэтыщI ЛъапцIэрыщэ Нурбий.
♦1950 гъэм къалъхуащ усакIуэ, журналист Хьэту Пётр.
♦1961 гъэм къалъхуащ урысей актрисэ, УФ-м и цIыхубэ артисткэ Яковлевэ Алёнэ (Еленэ).
♦1981 гъэм къалъхуащ теннисист цIэрыIуэ, УФ-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер, Дэвис и Кубокыр къэзыхьа Давыденкэ Николай.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, пIалъэ-пIалъэкIэрэ уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 20 – 21-рэ, жэщым градус 13 - 13 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
ТIум зэдащIэр щэхущи,
щым зэдащIэр нахуэщ.
Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1951.txt"
} |
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэм зыщегъэужьыныр» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
№81-ПП
2021 гъэм мэлыжьыхьым и 19-м Налшык къалэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэм зыщегъэужьыныр» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2019 гъэм жэпуэгъуэм и 23-м къыдигъэкIа унафэ №184-ПП-мкIэ къащтам, мы унафэм щIыгъу гуэдзэным къыщыгъэлъэгъуа зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
и Правительствэм и УнафэщI МУСУКОВ Алий
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2021 гъэм мазаем и 5-м къыдигъэкIа Унафэ №11-ПП-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
№79-ПП 2021 гъэм мэлыжьыхьым и 12-м
Налшык къалэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм 2021 – 2023 гъэхэм ятещIыхьа и гъуэгу фондым щыщ бюджет мылъкур зыхуэфащэ унэтIыныгъэхэм ятегуэшэным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2021 гъэм мазаем и 5-м къыдигъэкIа Унафэ №11-ПП-м мы унафэм щIыгъу гуэдзэным къыщыгъэлъэгъуа зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
и Правительствэм и УнафэщI МУСУКОВ Алий
Энергетикэм къит сэбэпынагъым хэгъэхъуэнымрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и энергетикэ IэнатIэм зегъэужьынымрэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
№73-ПП 2021 гъэм мэлыжьыхьым и 12-м Налшык къалэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
«Энергетикэм къит сэбэпынагъым хэгъэхъуэнымрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и энергетикэ IэнатIэм зегъэужьынымрэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2019 гъэм фокIадэм и 16-м къыдигъэкIа унафэ №156-ПП-мкIэ къащтам, мы унафэм щIыгъу гуэдзэным къыщыгъэлъэгъуа зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
и Правительствэм и УнафэщI
МУСУКОВ Алий
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1952.txt"
} |
Ашэмэз и бжьамийм иджы «Спартак-Налшыкыр» къыдофэ
Иужь зэIущIэхэм къигъэлъагъуэ джэгукIэм жыжьэуи арэзы къызэримыщIымрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм накъыгъэм и 10-м къэкIуауэ Краснодар и «Кубань»-м ди командэр бжыгъэшхуэкIэ къызэрыхигъэщIамрэ «Спартак-Налшыкым» и унафэщIхэм къахуигъэуващ гупым и тренер нэхъыщхьэ КIэбышэ Заур трагъэкIыну. Абы и пIэкIэ екIуэкI зэпеуэр иухыхукIэ ягъэуващ Шакъ Ашэмэз.
Нэхъ къызэщIигъэплъэн папщIэ Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым 2020 - 2021 гъэхэм щекIуэкI зэхьэзэхуэм курыт зэфIэкI къудей къыщызымыгъэлъэгъуэф налшыкдэсхэм зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэр яIэн хуейт. Апхуэдэ хъун хуейуэ къалъытащ тренер нэхъыщхьэр хъуэжыныр, хэти къыгурыIуэ пэтми Iуэхур зэлъытар абы и закъуэу зэрыщымытыр. Къалэн гугъур мыгъэрей зэхьэзэхуэр иухыхукIэ зи пщэ иралъхьа Шакъ Ашэмэз гупыр зыгъасэхэм яхэтащ, ауэ къулыкъу лъагэм щынэсар иджыщ.
Дауи, тренерыщIэр хущIэкъуащ зыпэрыува IэнатIэм ехъулIэныгъэкIэ къыщыщIидзэну. Абы папщIэ хьэрхуэрэгъу телъыджэт зэхьэзэхуэм къыщыкIэрыхухэм ящыщ зы Черкесск и «Интер»-р япэу къазэрыпэщIэхуар. Ар хагъэщIэгъуей хъун хуейтэкъым икIи «Спартак-Налшыкым» щыджэгухэм я гукъыдэжыр къэIэтынымкIэ Iэмал гъуэзэджэт.
Нэхъапэм ди командэм щыджэгуахэу КIыщ Залым, Хьэшыр Темырлан, Лъэпщ Темырлан, Къумыкъу Мухьэмэд сымэ черкесскдэсхэм яхэтт. Гъуащхьэтетхэм я гъэсакIуэт иджыблагъэ а къулыкъу дыдэр «Спартак-Налшыкым» щызыIыгъа Къумыкъу Артур. Абы щхьэкIэ къэмынэу зэпэщIэтыныгъэр гуащIэ хъуащ.
Черкесск къалэм и стадионыр зэхьэзэхуэм зэрыхуэмыхьэзырым къыхэкIыу ди щIалэхэр щрагъэблэгъар ЕсэнтIыгу къалэращ. «Спартак-Налшыкым» дэщIыну абы Къэбэрдей-Балъкъэрым икIа цIыху зыбжанэ кIуащ икIи зэралъэкIкIэ гупыр трагъэгушхуащ.
Куэд щIауэ текIуэныгъэм пэIэщIэ «Интер»-м и футболистхэр занщIэу ипэкIэ кIуэтащ. Къалъытащ Налшык къикIахэр хагъэщIэфынухэм ящыщу. Пэж дыдэуи абы пэгъунэгъу хъуат, 39-нэ дакъикъэм Нурахмедовым метр пщыкIузым и деж щыту зыхэт гупыр япэ щригъэщам.
АрщхьэкIэ черкесскдэсхэр бжыгъэр къызэрызэIуахам зэрыщыгуфIыкIар дакъикъищ къудейщ. Ди гъуащхьауэхэм ядэIэпыкъуну ипэкIэ кIуэта Ольмезов Артур Iуэхур зэхуэдэ ищIыжащ.
АдэкIэ тепщэныгъэр налшыкдэсхэм нэхъ яIыгъащ. Къыпщыхъурт мыгувэу ахэр япэ ищыну. Апхуэдэу щыт пэтми, текIуэныгъэр къахуэзыхьа топыр щыдагъэкIыфар джэгур щиух дыдэращ. «Спартак-Налшыкым» и капитан Пащты Руслан метр пщыкIузым и деж къыщыдзыхакъым.
Арати, Шакъ Ашэмэз и унафэм щIэту ди командэм иригъэкIуэкIа япэ зэIущIэр я текIуэныгъэкIэ иухащ. Дыхуейт ар дэрэжэгъуэ куэдым я щIэдзапIэ хъуну икIи къыкIэлъыкIуа джэгугъуэм нэхъыбэжу дигъэгуфIащ.
Накъыгъэм и 21-м, Адыгэхэм ди щыгъуэ-щIэж махуэм, Налшык и «Спартак» стадионым щекIуэкIа топджэгу зэIущIэм кърикIуам дызыдэщI командэр, дыкъызыхэкIа лъэпкъми хуэдэу, къэщIэрэщIэжыныгъэм и гъуэгум теувауэ гугъэ дахэ дигъэщIащ. Зыкъом щIауэ къэмыхъуауэ, ди щIалэхэр я хьэрхуэрэгъухэм бжыгъэшхуэ дыдэкIэ текIуащ икIи къапэщIэтахэм я гъуэм дагъэкIыфыну щытащ иджыри апхуэдиз топ. Шэч хэлъкъым абыхэм я гурыщIэр къызэрызэщIигъэплъам джэгум и пэ къихуэу «Псэ жыгым» и деж зэрыщыгъуам.
Я тренер нэхъыщхьэр зэрахъуэжам нэхъ ерыщыж ищIа «Спартак-Налшыкым» зэхьэзэхуэм къыщыкIэрыхухэм ящыщ «ТIуапсыр» къызэремылынур япэ дакъикъэхэм щыщIэдзауэ наIуэ хъуащ. Хэгъэрейхэр апхуэдизу лъэщу икIи псынщIэу ебгъэрыкIуэрти, ящIэнур ямыщIэжу хьэщIэхэр утыкум щыджэрэзырт. Арати, ТIуапсы къалэм къикIахэм зэрызахъумэжыфар дакъикъэ пщыкIутIщ: налшыкдэсхэм я тепщэныгъэр псынщIэ дыдэу игъэбелджылащ ХъутIэ Анзор.
Абдежми «Спартак-Налшыкыр» къыщызэтеувыIакъым. Джэгум и япэ Iыхьэр щиухам ар 3:0-у япэ ищат. Хуабжьу жыджэрхэу Iэпщацэ Маратрэ Хьэшыр Аланрэ къыхэжаныкIыну яхузэфэкIащ. ГурыIуэгъуэт адэкIэ бэнэныгъэ лъэпкъ мы зэIущIэм зэрыщымыIэжынур.
Хэгъэрейхэм я ебгъэрыкIуэныгъэхэр нэхъ къагъэщэбащ загъэпсэхуу къихьэжа иужькIэ. Абыхэм хьэкъ ящыхъуат текIуэныгъэр зэраIэщIэмыкIынур. Апхуэдэу убэлэрыгъ зэрымыхъунур тIуапсыдэсхэм наIуэ къыщащIащ, 66-нэ дакъикъэм топ къыщыхудагъэкIам. Ар «Спартак-Налшыкым» щыджэгухэм сэбэп къахуэхъуащ икIи къаригъэщIэжащ зэIущIэр имыухуауэ текIуэныгъэр къыпIэрыхьауэ къэплъытэ зэрымыхъунур.
Иужь дакъикъэ зыбгъупщIыр уафэхъуэпскIым хуэдэу ди щIалэхэм ирахьэкIащ. Хьэшырым аргуэру зы топ дигъэкIщ, Мэкъуауэ Залым ар щIигъэбыдэжри, 5:1-уэ текIуауэ налшыкдэсхэм джэгур кърахьэлIащ. КъищынэмыщIауэ, Iуэхум кърикIуэнур наIуэ дыдэ щыхъум, щIалэщIэ дыдэхэм ди тренерхэм Iэмал иратащ я зэфIэкIыр здынэсыр къагъэлъэгъуэну. Ахэри тэмэму я къалэнхэм пэлъэщащ.
ЗэкIэлъхьэужьу зыIэригъэхьа текIуэныгъитIым я фIыгъэкIэ «Спартак-Налшыкыр» турнир таблицэм зымащIэкIэ щыдэкIуэтеящ. Абы бжьыпэр щызэпэзыубыда Павловскэм и «Кубань-Холдинг»-мрэ Краснодар и «Кубань»-мрэ зи чэзу очко щырыщыр хуабжьу гугъу ехьу къалэжьащ. Ахэри зэрытекIуар зи фIыгъэр яхэт адыгэ щIалэхэращ. «Кубань-Холдинг»-р Дон Iус Ростов икIа СКА-м иригъэфIэкIащ Бырхьэм Къантемыр яхудигъэкIа ещанэ топым. «Кубань»-р Ставрополь щытригъэкIуащ Абдокъуэ Нурий къызэрыхэжаныкIам.
Командэхэм турнир таблицэм щаIыгъ увыпIэм теухуауэ мыхьэнэ щIагъуэ иIэжтэкъым «Спартак-Налшыкым» «Мэшыкъуэ-КМВ»-м Псыхуабэ щыдригъэкIуэкIа накъыгъэ мазэм и иужь зэIущIэм: тIури курыт зэфIэкI зиIэхэм къахэхутати, ищхьэкIи заIэтыфынутэкъым и лъабжьэми ехуэхыфынутэкъым. Арауэ къыщIэкIынущ я лъэмрэ я гумрэ утIыпщауэ ахэр щIызэдэджэгуар, еплъахэм дэрэжэгъуэ ирагъэгъуэту.
ЗэIущIэм щIидзэри стадионым и дикторым командэхэм хэтхэм я цIэр къриIуэн иухатэкъым, къызэхуэсахэм я зэрыгъэкIий макъ лъэщым ар къыщызэпиудам. Хэгъэрейхэм я гъуащхьауэ Соловьёв Дмитрий иджыри къызэщIэмыплъа ди гъуащхьэхъумэхэм яIэщIэкIри, бжыгъэр къызэIуихащ.
Апхуэдэ щIэщхъум хэти и гур ирихыфынут. АрщхьэкIэ «Спартак-Налшыкыр» къэдзыхакъым. ПсынщIэу топ къызэрыхудагъэкIам нэхъри зэщIигъэуIуа ди щIалэхэр къаруушхуэкIэ ипэкIэ кIуэтащ икIи Хьэшыр Алан мыгувэу Iуэхур зэтес ищIыжащ.
Тыншу бжыгъэр зэхуэдэ зэрыхъужам игъэбэлэрыгъа налшыкдэсхэм аргуэру Соловьёвыр яIэщIэкIащ икIи 25-нэ дакъикъэм «Мэшыкъуэ-КМВ»-р япэ ищыжащ. Апхуэдэу къэхъуа пэтми, нэрылъагъут Iуэхур абыкIэ зэримыухынур.
ХьэщIэхэми хэгъэрейхэми мызэ-мытIэу Iэмал гъуэзэджэхэр къахукъуэкIырт бжыгъэм зрагъэхъуэжыну. АрщхьэкIэ Шумахуэ зэкъуэшхэр зи пашэ зэхьэрхуэрэгъухэм я гъуащхьэхъумэхэр иджы бэлэрыгъыртэкъым. Адрейхэм и деж гъуащхьэтетхэр щыуагъэншэт.
Джэгур и кIэм нэблэгъэхукIэ «Спартак-Налшыкым» и ебгъэрыкIуэныгъэхэр нэхъ лъэщыжу къызэкъуихырт. АбыкIэ сэбэп хъуат зэIущIэм къыхыхьагъащIэхэри. АрщхьэкIэ кIэух бжыгъэр щызэфIэувар 86-нэ дакъикъэращ. БлэкIа зэIущIэм «ТIуапсым» топитI щыхудэзыгъэкIа Хьэшыр Алан а мардэр аргуэру игъэзэщIащ, етIуанэу мыбыи къыщыхэжаныкIри. Афэрым, щIалэфI!
Бжыгъэр 2:2-уэ зэрыхъуам лъэныкъуитIри арэзы къищI хуэдэт. Абы щхьэкIэ къэмынэу джэгум и иужь дакъикъэхэр иухыхукIэ дэтхэнэри текIуэныгъэм щIэбэнащ икIи пэгъунэгъу дыдэ хуэхъуат. АрщхьэкIэ…
Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым зэхьэзэхуэр и кIэм щыноблагъэ. Къэнэжа джэгугъуищыр хуабжьу гуащIэ зэрыхъунум и щыхьэтщ блэкIар. ЗэIущIэхэр махуитIкIэ зэщхьэщыхауэ зэрыщытам ар нэхъ хьэлэмэтыж ищIащ. Псом хуэмыдэу узыIэпызышэт пашэхэм я зэныкъуэкъуныгъэр. Махуэкум зэпеуэм бжьыпэр щиубыдащ Гъурф Азэмэтрэ Мамты Хьэсэнрэ (тIэунейрэ) дагъэкIа топхэм я фIыгъэкIэ «Мэхъэчкъалэ» командэ лъэщыр бжыгъэшхуэкIэ хэзыгъэщIа Краснодар и «Кубань»-м. Абы иужькIэ топджэгум дихьэххрэ темыпыIэжу жэщ-махуэ псокIэ пэплъащ краснодардэсхэм я хьэрхуэрэгъу нэхъыщхьэ, ди лъахэгъу ДыщэкI Аслъэн зи пашэ «Кубань-Холдинг»-м и Iуэхухэр Дагъыстэным и къалащхьэм зэрыщыхъунум. Павловскэдэсхэм абы очкоитI щафIэкIуэдащ. Арати, къалъэщIыхьэжыпа «Кубань»-м иджы бжьыпэр дагуэш. Уеблэмэ текIуэныгъэу къахьар зэрынэхъыбэм къыхэкIыу, я хьэрхуэрэгъухэр япэ ирагъэщащ.
Зэрынэрылъагъущи, Шакъ Ашэмэз и унафэм щIэту «Спартак-Налшыкым» иригъэкIуэкIа зэIущIэхэр мыIейуэ къехъулIащ. Джэгугъуищым тIэунейрэ щытекIуащ, ещанэми къыщыхагъэщIакъым. Зы лъэныкъуэкIэ ар гъуэзэджэщ. Абы щыгъуэми зыщыдгъэгъупщэнкъым ди щIалэхэм къапэщIэтахэр зэхьэзэхуэм къыщыкIэрыхухэр зэрыарар: «Интер»-р - епщыкIутхуанэщ, «ТIуапсыр» - епщыкIуханэщ, «Мэшыкъуэ-КМВ»-р - епщыкIутIанэщ. Зэпеуэм командэ пщыкIубл фIэкIа зэрыхэмытыр къэплъытэмэ, абыхэм зэратекIуэн хуейр хьэкът. Апхуэдэу щыт пэтми, гупыр зэкъуэувэжыну, тегушхуэну Iэмал ягъуэтащ. АдэкIи фIым дыпэплъэнщ.
ЖЫЛАСЭ Заурбэч.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1953.txt"
} |
Лъапсэрых
Кавказ зауэр илъэсищэкIэ зэрекIуэкIам псори дыщыгъуазэщ - Къэбэрдейм щызэхаублэри, убых щIыналъэм 1864 гъэм щаухащ ар. Зауэм Кавказ щIыналъэм и нэхъыбапIэм зыщиубгъуауэ щытащ, ауэ ар лъапсэрых зыхуэхъуар адыгэхэрщ: зауэм хэкIуэдам нэмыщI, я хэкур ирагъэбгынащ адыгэхэм я процент бгъущIым. Шэч лъэпкъ хэлъкъым ар зэрыгеноцидым - апхуэдэ лей ирахащ адыгэхэм: я хэкур нэщI хъуху, лъапсэрых зауэр ящхьэщыкIакъым. Аращ геноцидкIэ зэджэр - лъэпкъыр зэтебукIэрэ и хэкум ипхумэ. Ди жагъуэ-ди щIасэми, урысыдзэм апхуэдэ лей зэрызэрихьамкIэ зыдумысыжын хуейщ нобэрей щIэблэм - абы хуейр лъыгъажэ зауэм хэкIуэдахэркъым, хуейр хэкур зрагъэбгынахэм я щIэблэмрэ зы къэралым нобэ щызэдэпсэу лъэпкъхэмрэщ.
ЩIЭУПЩIАПХЪЭЩ: зауэр лъэныкъуитIми къащытехьэлъэкIэ, абы и мафIэр кIуэ пэтми щызэщIэплъэкIэ, пхуэгъэувыIэнутэкъэ ар - насыпыншагъэмрэ геноцидымрэ къызыдэкIуа зауэ гущIэгъуншэр? Абы жэуап етыгъуафIэкъым…
1837 гъэм Кавказым кIуауэ щытащ пащтыхь Николай Езанэр. Генерал Филипсон Григорий игу къигъэкIыжащ: «Геленджик дынэсри, етIуанэ махуэм хъыбар дагъэщIащ бгырыс тхьэмадитху, зиусхьэн Вельяминовым епсэлъэн папщIэ, быдапIэм къызэрыкIуамкIэ. Шапсыгъхэмрэ натхъуэджхэмрэ лIыкIуэ къащIауэ жаIащ абыхэм. ЛIыкIуэхэм епсэлъащ Вельяминовыр. Абыхэм генералым къыжраIащ: Урысейм дэри ди лъахэри дритауэ игъэIуащ тырку сулътIаным, абыкIэ хуитыныгъэ имыIэми. Дэ дыщхьэхуитщ, ди хуитыныгъэр тхъумэн щхьэкIэ, лъы дгъэжэнущ, урысхэр Псыжь зэпрыкIыжыху, зауэр дгъэувыIэнукъым, ди лъахэр яубыдын мурад ящIауэ къытлъемыжьэмэ, урысхэмрэ дэрэ дызэныбжьэгъунущ… ЛIыкIуэхэм жэуап кIэщI яритащ Вельяминовым: ди пащтыхьым и унафэр догъэзащIэ дэ, зауэм хэунахъуэмэ, зи лажьэр езы шэрджэсхэращ…»
Урыс дзэпщхэм я нэхъыбэм зэралъытэмкIэ, сыт текIуадэми, зауэр и кIэм нэгъэсын хуейт, бгырысхэр зэтекъутауэ; абыхэм уепсалъэурэ уагурыIуэмэ, сату ядэпщIурэ къыдэпхьэхмэ, нэхъ зыфIэзахуи яхэтащ урыс дзэпщхэм.
Шэрджэс лIыкIуэхэм Вельяминовыр ткIыбжьу щепсэлъа 1837 гъэм Кавказым щызауэ генерал Симборскэм бгырысхэр щыгъуазэ ищIауэ щытащ Урысейм и пащтыхьым и унафэм. Езы Симборскэм шэрджэсхэм яхуитхащ: «Зиусхьэным и IэмыщIэ зифлъхьа нэужь, абы фIыгъуэ къыфхудэкIуэнущ, мамыру фыпсэунущ, къайгъэрэ зауэ-банэрэ фяку къихъуэжынукъым, Урысейм сату дэфщI хъунурэ, зывужьынущ, абы фи пщIэмрэ фи щIыхьымрэ лъагэ дэхъунущ». Шэрджэсхэр нэгъуэщIкIи къигъэгугъащ генералым: «Фи хабзэхэм зыри хэIэбэнукъым, фи динымкIи пэрыуэгъу фиIэнукъым». АдэкIи: «Фи щхьэмрэ фи мылъкумрэ фызэрыхуитщ, сату вдэтщIынущ, фи IэрыкIхэр фэ вгъэув уасэхэмкIэ фщэ хъунущ»…
А псор бгырысхэм хуащIэн папщIэ, ахэр еувэлIэн хуейт паубыд псоми (бгырысхэм паубыдыр щызэхалъхьар Бытырбыхущ): Iэщэр ягъэтIылъауэ зауэр ягъэувыIэн; гъэрхэр къратыжын; бгырысхэм я деж кIуэсахэмрэ яубыдахэмрэ къратыжын; зауэр зэщIэзыгъэстхэмрэ абрэджхэмрэ зыхамыгъэхьэн; унафэщI къыхуащI «урыс къулыкъущIэм» и жыIэм фIэмыкIын… Зэрынэрылъагъущи, шэрджэсхэр генерал Симборскэм зыщигъэгугъымрэ абыхэм Бытырбыху япиубыдымрэ шурэ лъэсрэ я зэхуакут. Бытырбыху япиубыдым еувэлIатэмэ, вакъэ зэв иувауэт бгырысхэм зэралъытэнур: зэрыгурыIуэгъуэщи, абы еувэлIакъым шэрджэсхэр, ар дэнэ къэна, шэрджэсхэр Урысейм нэхъри пэжыжьэ ищIащ Бытырбыху япиубыдам. Урыс дзэпщхэм а псор яхузэфIэкIыххэнутэкъым 1837 гъэм - шэрджэсхэр нэхъри къызэщIагъэплъэн фIэкIа.
Симборскэм жиIам хуэфащэ жэуап къратыжащ убыххэм: «Хэт ди пщэ къыдэвгъэтIысхьэнур, абы и жыIэм дыфIэкI щIэмыхъунур сыт дэ? Ди хэкум фикIыжи, зэуакIуэ дыныфхуэкIуэнукъым…»
1859 гъэм и кIэм генерал Филипсонрэ абазэхэхэмрэ зэгурыIуэри, зауэр ягъэувыIащ. Абазэхэхэм затащ: абыхэм я дзэпщ Мухьэмэд-Iэмин урысхэм я IэмыщIэ зрилъхьащ. Я диныр, хабзэхэр, я хэкур къыхуагъанэмэ, зауэр яублэжынутэкъым абазэхэхэм - апхуэдэ псалъэ ятащ.
Генерал Ольшевскэм итхыгъащ: «Мухьэмэд-Iэмин бзаджагъэ хуекIуауэ аращ, абы псалъэ къыдита щхьэкIэ, абазэхэхэм я нэхъыбэм затын мурад яIэкъым, уащIепсэлъэни щыIэкъым - дагъэплъэкъуэн фIэкIа, къикIынуIакъым. Дзэм дежкIэ емыкIущ абазэхэхэм уекIужауэ плъытэныр».
Шэрджэсхэмрэ урыс дзэпщхэмрэ, дапщэрэ зэпсэлъами, щIызэгурымыIуэм щхьэусыгъуэ иIащ - гущIэгъуншагъэр, лъы гъэжэнкIэ зэрызамыгъэнщIыр, зыр адрейм егъэлеяуэ зэрыхуэкъанлыр. Абы щыхьэт техъуэр мащIэкъым.
«Нобэ бгырыс хьэдэ зыбжанэ къытIэрыхьащ, - итхыгъащ Филипсон. - Хьэдэхэм я щхьэр паупщIри, чэтэным кIуэцIалъхьащ. Щхьэ къэс Вельяминовым зы червонецкIэ ещэху, итIанэ ЩIэныгъэхэмкIэ академием ирегъэхь». Ар дыдэм етх: «Зэрихабзэу, Засс унафэ ищIри, хьэдэхэм я щхьэхэр пригъэупщIащ, ахэр здишэри, Засс Прочнэ Окоп кIуэжащ. Абы и ужькIэ илъэс дэкIауэ, Засс Ставрополь сыщрихьэлIащ. Езыр зы Iэжьэм ист, Iэжьэ зыбжани и ужь итт. «Дэнэ уежьа, зиусхьэн, IэжьэкIэ пшэри сыт?» - жысIэри сеупщIащ. «Вельяминовым деж сокIуэ», - жиIащ генералым. Iэжьэхэм ярылъыр сигъэлъэгъуащ. Си гур къекIуащ, Iэжьэм сыщиплъэм: щхьэ къупщхьэ щэ ныкъуэ хъурт…»
А псор щIэстхыр бгырысхэр лъыгъажэ зауэм хэзыдза дзэпщ къанлыхэм гущIэгъу зэрахэмылъам щыхьэт техъуэ куэд зэрыщыIэрщ, абыхэм зэрахьа лейми къыхэкIащ и нэм нэсыху бгырысхэм Iэщэр зэрамыгъэтIылъар. Шэрджэсхэр абы зыхуишар дощIэ псоми: хэкур ябгынэн хуейуэ ирахулIащ зауэм къелар.
ШЭРДЖЭСХЭР (кIахэ адыгэхэр) я хэкум игъэкIын хуейуэ япэ зыукъуэдияр Кавказ корпусым и штаб нэхъыщхьэм и Iэтащхьэ Милютин Дмитрийщ. 1857 гъэм абы итхащ: «Ахэр (шэрджэсхэр) Дон гъэIэпхъуэн хуейщ, сыту жыпIэмэ Ставрополь губернэм щIы нэщI щыIэкъым, ахэр абы дгъэIэпхъуэрэ къэзакъхэм я щIыб дэдгъэтIысхьэмэ, ди мурад нэхъыщхьэм - абыхэм я лъахэм къэзакъхэр къыщебэкI тщIын зэрыхуейм - нэхъри пэIэщIэ дыхуэхъунущ. Ахэр Дон дгъэIэпхъуэу абы щыдгъэзэгъэн хуейщ. Апхуэдэ мурад дызэриIэр бгырысхэм ящыдбзыщIын хуейщ, ахэр щыдгъэIэпхъуэну пIалъэр къэсыху».
Кавказ корпусым и дзэпщ Барятинский Александр акъылэгъу дэхъуащ Милютиным: «Лъэпкъ жыIэмыдаIуэхэм гущIэгъу щIахуэтщIын щхьэусыгъуэ диIэкъым, абыхэм я щIыр къытетхын хуейщ, къэралым и фейдэ хэлъщи».
Кавказ комитетыр (Бытырбыху) арэзы техъуакъым Милютинымрэ Барятинскэмрэ къыхалъхьа Iуэхум. Абы хэплъа нэужь, Комитетым чэнджэщ къыхилъхьащ: «Хэкум пащI зэрыщымыIэм дыщыгъуазэщ (шэрджэсхэрщ зи гугъу ящIыр - Ред.), абы къыхэкIкIэ, шэч къыщIытепхьэн щыIэкъым дон губгъуэм Iэпхъуэ нэхърэ (шэрджэсхэм) лIэныгъэр нэхъ къызэращтэнум».
Зауэ кIыхьыр къытехьэлъауэ, Урысейм и къарур кIуэ пэтми зэрыщIэкIыр къагурыIуащ къэрал лIыщхьэ куэдым, зауэр гъэувыIэн хуейуэ и чэзу зэрыхъуам шэч къытрахьэртэкъым абыхэм - Бытырбыху ар нэхъ фIэзахуэу къыщIэкIынут а зэманым, ауэ ар дзэпщхэм я тхьэкIумэ ирагъэхьакъым.
Шэрджэсхэри абы хуэхьэзыр хъуагъэнутэкъым асыхьэтым - щхьэусыгъуэр мащIэкъым: шэрджэсхэм дежкIэ IупщIтэкъым зауэ къезыщIылIа империем бгъэдэлъ къарур зыхуэдизыр. Кавказ армэм и дзэпщ Барятинскэри абы и генералхэри зэщэр арат: зауэр нэхъри зэщIагъаплъэурэ, бгырысхэр абы нэхъ куууэ зэрыхашэн - итIанэ зэтебукIи я хэкур ебгъэбгыни хъунут, псори бгырысхэм я зэранкIэ къэхъуауэ бгъэIуу.
1860 гъэм къащтащ шэрджэсхэр зытеунэхъуа унафэр. Абы теухуауэ Милютиным итхыгъащ: «Псыжь адрыщI (Шэрджэсым - Ред.) зауэр зэрыщекIуэкIын хуей щIыкIэмкIэ я акъыл зэтехуакъым генерал-лейтенант Филипсонрэ граф Евдокимовымрэ. Филипсон зэрыжиIэмкIэ, КъухьэпIэ Кавказым щыпсэу лъэпкъхэмрэ КъуэкIыпIэ Кавказым исхэмрэ зэплъыт хъунутэкъым, Шэшэнымрэ Дагъыстэнымрэ щедгъэкIуэкIа зауэм хуэдэ къыщезэгъынутэкъым Шэрджэсым, псом хуэмыдэу шапсыгъхэмрэ убыххэмрэ я деж - абыхэм дахуэпхъашэмэ, европей къэралхэр, псом япэрауэ, Инджылызыр, зауэм къыхыхьэнкIэ зыхуэIуа щыIэтэкъым. Филипсон зэрилъытэмкIэ, КъухьэпIэ Кавказым ис лъэпкъхэм дахэкIэ дагурыIуэн, къэдгъэдэIуэфын хуейт, Тыркум дащI сатумкIи я хабзэхэмкIи дапэрымыуэу. Илъэс щэщI хъуауэ къулыкъу щещIэ Филипсон Шэрджэсым, ауэ иджыри къэс къыгурыIуакъым бгырысхэм дахэкIэ уазэрыхэмызэгъэнур, уахэзэгъауэ фэ зытрагъауэми, гува-щIэхами къызэропцIыжынур».
Си гугъэмкIэ, Филипсони фIыуэ къыгурыIуэрт шэрджэсхэр къэгъэдэIуэгъуафIэ зэрымыхъунур - абы зэман зэрыхуейр. Шэрджэсхэм я хьэли я щэни, я хабзэхэми я псэукIэми куууэ щыгъуазэ хъуа цIыхут генерал-лейтенант Филипсон - илъэс тIощIрэ тхурэ щрихащ абыхэм я щIыналъэм. Абы шэч къытрихьэртэкъым, уахуэмыпхъашэмэ, захуагъэ якIэлъызепхьэмэ, шэрджэсхэм уазэрыхэзэгъэнум.
ПАЩТЫХЬ Александр ЕтIуанэр 1861 гъэм и бжьыхьэм Кавказым щыкIуам щыгъуэщ шэрджэсхэм я унафэр IупщI дыдэ щыхъуар. А гъэм фокIадэ мазэм и 16-м пащтыхьым IущIащ абазэхэхэм, убыххэм, шапсыгъхэм я лIыкIуэхэр. Милютиным и гукъэкIыжхэм дыкъыщоджэ: «Урыс пащтыхьым и пащхьэ ихьащ Бэрзэдж лъэпкъ цIэрыIуэм ящыщ зы. (Зи гугъу ищIыр убых дзэпщ Бэрзэдж Джырандыкъуэщ. - Ред.). Абы и псалъэм и ужькIэ, абазэхэ тхьэмадэхэм ящыщ зым пащтыхьым иритащ абазэхэхэм къабгъэдэкI тхылъ. Тхылъым зэрыратхамкIэ, урыс пащтыхьым и IэмыщIэ зралъхьэн мурад яIэт абазэхэхэм, абы игъащIэкIэ хуэпэжын щхьэкIэ; абазэхэхэр хущIегъуэжат зэрымыщIагъэкIэ иджыри къэс зэрызэуам… Пащтыхьым зэрелъэIури иратхащ тхылъым: Лабэ псым къыщыщIэдзауэ бгыщхьэм нэс, Псыжьрэ шапсыгъхэмрэ яку дэлъ щIыналъэр памыубыдыну, я хэкум быдапIэ кърамыщIыхьыну, хамэ жылагъуэхэр кърамыгъэтIысхьэну, гъавэ щIапIэхэм зэран хуэхъу гъуэгухэр ямыщIыну. Шэрджэс лIыкIуэхэм пащтыхьым жэуап кIэщI къаритащ: «Ди IэмыщIэ зыкъифлъхьэнумэ, къытпэвубыдIауэ фхуэздэнукъым, фи Iуэху зытетынумрэ фи псэукIэ хъунумкIэ унафэ яхуэсщIащ си дзэпщхэм. ЛъэIу гуэр фиIэмэ, ар граф Евдокимовым ефхьэлIэ».
Милютиным зэритхымкIэ, «бгырыс лIыкIуэхэм ягу зэгъакъым пащтыхьым къарита жэуапымкIэ. Абы щыгъуазэ щыхъум, бгырысхэр къызэрыгъэгубжьащ, зызытын мурад зиIахэм лъэныкъуэ зрагъэзын хуей хъуащ. Убыххэмрэ шапсыгъхэмрэ унафэ ящIащ - зауэр яублэжынурэ, и кIэм нэсыху, ягъэувыIэнукъым; абазэхэхэм Евдокимовым иджыри зэ епсэлъэху заIэжьэмэ, нэхъ къащтащ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, Евдокимовым аргуэру епсэлъа щхьэкIэ, къикIа щыIэкъым.
Абдеж кIэ щигъуэтащ лъэныкъуитIри арэзы зытехъуэн унафэм щыгугъахэм я жэрдэмым.
Милютиным и гукъэкIыжхэм ущыхэплъэкIэ, гу лъыботэ ар зыщымыгъуазэ (е ибзыщI) гуэрхэри Iуэхум зэрыхэлъам. Шэрджэс тхьэмадэхэмрэ урыс императорымрэ 1861 гъэм щызэхуэзам щыгъуэ Iуэхум нэгъуэщI унафи тращIыхьынкIэ хъуну зэрыщытар къыхощ тхыгъэ гуэрхэм. Зи гугъу сщIыр Венюков М. И. къызэринэкIа «Кавказ гукъэкIыжхэрщ» (дунейм къыщытехьар 1880 гъэрщ. - «Русский Архив»,т. 1).
«Куэд зыщымыгъуазэ Iуэху гуэрым и гугъу сымыщIын слъэкIынукъым, - итхыгъащ Венюков М. И. - Кавказым нэса нэужь, бгырыс тхьэмадэхэм захуигъэзэн мурад ищIащ пащтыхьым, абыхэм епсэлъылIэн щхьэкIэ. Си гугъэмкIэ, абы щыгъуэ унафэ белджылы гуэри щыIакъым бгырысхэм ятеухуауэ, - бгырысхэм я лъахэм къихун, хьэмэ ар къыхуагъэнэн хуей, быдапIэхэм фIэмыкIауэ? «Александр ЕтIуанэм и тетыгъуэм и тхыдэр» (1871 гъэ) щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, абы и правительствэм бгырысхэр я лъахэм къихун мурад иIагъэнукъым. А «Тхыдэм» дыщрохьэлIэ: «Бгырысхэр я хэкум къипхун щхьэкIэ, абы куэд дыдэ зэрыхэкIуэдэнумрэ зэрытекIуэдэнумрэ игъэчэнджэщагъэнущ… Бгырыс лIыкIуэхэм щепсалъэм, пащтыхьым яжриIащ я хабзэхэмрэ я мылъкумрэ зэрыхэмыIэбэнуIар, гулъытэ зэрыхуащIынур, быдапIэхэр зытращIыхьа щIым фIэкIа зэрафIэмыкIуэдынур, а псом щхьэкIэ паубыдынури зыщ - бгырысхэм гъэр ящIахэмрэ абыхэм я деж кIуэсахэмрэ къратыжынырщ. Сыт хуэдэ жэуап бгырыс тхьэмадэхэм къратар? ЕтIуанэ махуэм абыхэм (пащтыхьым) къыхуахьащ ахэр зыщIэдэу псори зэрыт тхылъ - урысыдзэр Псыжьрэ Лабэрэ икIэщIыпIэкIэ зэпрыкIыжын хуейуэ къагъэуващ бгырыс тхьэмадэхэм». Ар пэжщ, ауэ пэж псор хэIущIыIу ищIакъым а хъыбарыр къэзыIуэтэжам - Iуэхум и пэжыпIэм зэрыщымыгъуазэм къыхэкIагъэнщ. Сэ сыщыгъуазэщ абы.
Шэрджэс лIыкIуэхэр пащтыхьым хуэза нэужь, граф Евдокимовыр гузэвэгъуэ хэхуащ: Iэщэр ягъэтIылърэ Урысейм и IэмыщIэ зралъхьэмэ, ахэр я лъахэм къранэнкIэ шынащ. Генералым и мурадыр нэгъуэщIт: бгым зы шэрджэси къринэнутэкъым - арат зыщIэзэур. Евдокимовыр бзаджагъэ хуекIуащ: и дзэлIхэм ящыщ зы, полковник Абдеррахман, жэщым бгырысхэм я деж игъэкIуащ, ахэр игъэжэкъуэн щхьэкIэ. «Хэвгъэзыхьмэ, пащтыхьым сытри къыфхуищIэнущ, - яжриIащ Евдокимовым бгырыс тхьэмадэхэм. - Пащтыхьым пэвубыд дзэр Лабэрэ Псыжьрэ зэпришыжын, хы Iуфэм IуащIыхьа быдапIэхэри яригъэкъутэжын хуейуэ». Евдокимовым и чэнджэщым игъэжэкъуащ шэрджэсхэр, абдеж къыщыкъутащ я Iуэхур - генералым зэщэр къехъу-лIащ».
Венюков и псалъэм уи фIэщ мыхъун хэлъкъым. Александр ЕтIуанэм имылъагъупIэр иIэтэкъым Урысейм и къарур зауэ кIыхьым зэрыщIихар, абы мылъкушхуэ зэрытекIуадэр. Шэрджэсхэр уи IэмыщIэ иплъхьэн щхьэкIэ, зауэм Iэджэ хэкIуэдэнут дяпэкIи - ар къыгурыIуэ хъунт пащтыхьым, ауэ ар къафIэIуэхутэкъым дзэпщхэм, шэрджэсхэм кIэ иратын мурад ящIати, абы текIынутэкъым ахэр. Урысей къэралыгъуэм и унафэщIым нэгъуэщI мурад гуэр иIауэ хуэбгъэфащэмэ, егъэлея хъун ди гугъэкъым.
Дауи щрети, шэрджэсхэр иджыри къэс зытетам тетыж хъуну къыщIэкIынутэкъым - абы ирихулIат езы зэманым. ТIум я зыр къыхахын хуей хъунут шэрджэсхэм: е Урысейм хуэм-хуэмурэ гъунэгъу зыхуащIын, е я щхьэр зауэм халъхьэн - нэгъуэщI хэкIыпIэ яIэжакъым а зэманым. ЕтIуанэращ натIэ яхуэхъуар - аращ зытекIуэдэжар; Урысейми фIы къыхудэкIуакъым абы.
МЫ ТХЫГЪЭР зэрыдублам, геноцид Iуэхум, тебгъэзэжмэ, хэкум щрахум щыгъуэ шэрджэсхэм кIэлъызэрахьа леймрэ залымыгъэмрэ зэбгъэпщэн бгъуэтынукъым - ар къалэжьатэкъым шэрджэсхэм, ялъ щIэбгъэжэн, я хэкур нэщI щIэпщIын лажьи ябгъэдэлъакъым.
Къыумыгъэхъун плъэкIынутэкъэ а насыпыншагъэр - шэрджэсхэм я хэкукъутэр? Абы жэуап етыгъуафIэкъым. Сэ зэрыслъытэмкIэ, Кавказ зауэр зэхэзыубла урыс дзэпщхэм къыхахари зрикIуари гъуэгу нэхъ пхэнж дыдэрщ - абы теунэхъуащ шэрджэсхэр, Урысейми мыгъуагъэ куэд къыхудэкIуащ.
Иджыри зэ къытызогъэзэжри жызоIэ: шэрджэсхэм геноцид зэрыращIылIам шэч хэлъкъым - ар пхущIэхъумэнукъым, къэралым зиумысыжын хуейщ абыкIэ.
Гордин Яков, тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор. «Звезда» журнал, Санкт- Петербург, 2007 гъэ, №12.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1954.txt"
} |
МЭРЕМ ПШЫХЬ
♦Мыщэм пщIащэ техуэмэ, мэгубжь, жыг техуэмэ, зеущэху.
♦УзищIасэм и псэ ухуехь.
♦ПцIы зыупсыр щхьэщытхъущ, зызыгъатхъэр джэгуакIуэщ.
♦Нэм нэ хъумэ иIэщ.
♦Псым хэлъ пхъэр мэфри, фэм дэлъ гур мэбампIэ.
♦ЩIэныгъэрэ IэщIагъэрэ зэкъуэшщ.
♦Нэпкъым тетыр кхъуафэ хукIэкIэ Iэзэщ.
♦Псыхъуэр жылэ тIысыпIэщ.
♦Уэрэдым псалъэ хадзыркъым.
♦Уэс щесам лъэужь щыIэщ.
♦ПцIы IэфI нэхърэ пэж дыдж.
♦ЩIопщыкъурэ пэт жьы еубыд.
♦Уанэм лIы имысмэ, пхъэ тыкъырщ.
♦Шу гупыр зэдилъмэ, щхьэж игу илъ ещIэж.
♦ШыфIрэ выфIрэ псыбафэкъым.
♦Фом тхъу хэплъхьэкIэ зэIигъэхьэркъым.
♦«Хэт и щхьэр нэхъ дахэ?» щыжаIэм, шылъэгум и щхьэр къригъэжащ.
♦ЩIалэ гъакIуи кIэлъыкIуэж.
♦Фоч нэщI лIитIгъэшынэщ.
♦ЩауэщIэм и щIакIуэри и кIуэкIэри дахэщ.
♦Хьэ мыукIытэ къупщхьэ йогъу.
♦ЦIыкIу щхьэкIэ, лъабжьэщ.
♦ХьэгъуэлIыгъуэ махуищ гухэхъуэщ.
♦Шэс псори шукъым.
♦ЩIакIуэр губгъуэ унэщ.
Ломб Като венгр зэдзэкIакIуэ, тхакIуэ цIэрыIуэщ. Дунейм япэ дыдэу жаIэр занщIэу зэзыдзэкIыу лэжьэн щIэзыдзахэм ящыщщ ар. Бзэ зэмылIэужьыгъуэхэр гугъу демыхьу псынщIэу зригъэщIэфу зэрыщытарщ ар къэрал куэдым цIэрыIуэ щызыщIар. Хуиту ирипсалъэрт, иреджэрт, иритхэрт урысыбзэм, инджылызыбзэм, франджыбзэм, нэмыцэбзэм. КъыгурыIуэрт икIи зыхуей тIэкIур жиIэфырт итальян, испан, япон, китай, польскэ бзэхэмкIэ. Псалъалъэр къигъэсэбэпурэ еджэфырт болгар, дат, румын, словак, украин, латынь бзэхэмкIэ.
Езыр химикт, ауэ и щIалэгъуэм щIидзэри бзэхэр иджащ. Като и гукъэкIыжхэр иту къыдэкIа тхылъым къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, ЕтIуанэ дунейпсо зауэм и лъэхъэнэм урысыбзэр щэхуу зригъэщIат, Гоголь Николай и «Мертвые души» тхыгъэм еджэурэ. Совет армэм Венгрыр къищта нэужь, советыдзэ администрацэм зэдзэкIакIуэу щылэжьащ.
Псэуху бзэщIэ зэрызригъэщIэным иужь итащ бзылъхугъэр. И IэщIагъэм зэрыхуэIэзэм и фIыгъэкIэ къулыкъушхуэхэр иIыгъащ, КъэралкIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэм зэдзэкIакIуэу щылэжьащ. А IэнатIэр щиIыгъым къэрал куэд къызэхикIухьащ, икIи абыхэм ятехуа тхыгъэ куэд ихуащ Като къыдигъэкIа «ЗэдзэкIакIуэм дунейр къызэрызэхикIухьар» тхылъым.
ГъэщIэгъуэнщ Ломб ищIэу щыта бзэ 16-м я нэхъыбэр езым и щхьэ закъуэу зэрызригъэщIар, абы папщIэ къигъэсэбэпари тхылъхэмрэ художественнэ тхыгъэхэмрэщ.
Ломб мызэ-мытIэу щыIащ СССР-м икIи и зэфIэкIхэм хуэфащэ пщIэ хуащIащ. Абы бгъэдэлъ зэчийм теухуа тхыгъэхэр къытехуащ «Наука и жизнь», «Огонёк» журналхэм.
Дунейм ехыжыным илъэс зыбжанэ фIэкIа имыIэжу (и ныбжьыр илъэс 90 хъууэ) ивритыр зригъэщIэну етIысылIат, хьэрыпыбзэр иджыну и мурадт.
* * *
Ломб Като «Сэ бзэхэр зэрызэзгъащIэр» и тхылъым и пэублэ псалъэм итщ:
«Сэ бзэхэр зэрызджым теухуа псалъэмакъ къэхъея нэужь, псоми упщIищкIэ зыкъысхуагъазэ. Абыхэм сытым дежи естыж жэуапхэр зэщхьщ. Аращи, цIыху псоми яфIэгъэщIэгъуэн упщIэхэм я жэуапхэр щагъуэтын папщIэ згъэхьэзыра тхылъщ мыр.
Япэ упщIэр: ЦIыхум бзэ 16 зригъэщIэфыну?
Жэуап: Хьэуэ. А псори зэхуэдэу тэмэму зэбгъэщIэфынукъым, шэрыуэу урипсэлъэфынукъым. Сэ си анэдэлъхубзэр зыщ зэрыхъур - ар венгр бзэращ. КъищынэмыщIауэ, зэхуэдэу бзитху согъэшэрыуэ, ахэр сэ сщыщу жыпIэ хъунущ - урысыбзэ, инджылызыбзэ, франджыбзэ, нэмыцэбзэ, венгрыбзэ. А бзэхэмкIэ сыт хуэдэ псалъафэри занщIэу схузодзэкI, тынш дыдэу зэдзэкIакIуэу сролажьэ. Итальян, испан, япон, китай, польскэ бзэхэм срилэжьэн ипэ къихуэу, си Iэрытххэр къэзгъэсэбэпу махуэ ныкъуэкIэ къэспщытэжын хуейщ. Адрей бзэхэм художественнэ литературэ хэхахэр иризэздзэкIыу аращ.
ЕтIуанэ упщIэр: Бзэхэр щхьэ йомыгъэджрэ?
Жэуап: Сэ сыегъэджакIуэкъым. ЦIыхухэр бзэхэм хуебгъэджэн папщIэ бзэ куэд пщIэн хуейуэ аракъым. Ебгъэджэныр къалэн хэхащ, жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъщ. Операцэ зэ ящIа цIыхум нэгъуэщI зыгуэр операцэ ищIыну ебгъэувалIэ хъурэ? Сэ апхуэдэм скальпелыр IэщIэслъхьэнутэкъым.
Ещанэ упщIэр: Апхуэдиз бзэ пщIэн щхьэкIэ ямылей зэфIэкI гуэр ббгъэдэлъын хуей?
Жэуап: Хьэуэ. Сэ сызэрегупсысымкIэ, гъуазджэм къищынэмыщIауэ, цIыхум сыт хуэдэ Iуэху ищIэфынуми зэлъытар езым абы хуиIэ жэрдэмырщ, егугъуныгъэрщ, жыджэрагъырщ. Псалъэр фIыуэ зылъагъухэм, езым и гупсысэмрэ нэгъуэщIым жиIахэмрэ къызэриIуэтэж бзэм и шэрыуагъым, беягъым мыхьэнэ гуэр езытхэм яхузэфIэкIынущ ар. Сэ ар згъэунэхуащ си Iуэху бгъэдыхьэкIэкIэ, цIыхухэм сепсалъэкIэрэ. Илъэс плIыщIкIэ сыкIэлъыплъащ абы.
Къэбарт Мирэ.
Баклан японский - Япон хыбабыщ
Глухарь - Хъунгъар, бзудэгу, бзыудэгу
Лунь степной - Жьец, мэкъупIэжьец
Мухоловка-пеструшка - Жьыкъанкъуэлэн
Лысуха - Псыджэд, къамылджэд
Балобан европейский - Къыякъ
Воробей снежный - Уэсбзу
Стеноглаз - Дурэшбзу, бзудамэплъ
Воробей черногрудый - БзубгъэгуфIыцIэ
Орел горный - Къуршыбгъэ
Сплюшка - ЖьындуцIыкIу
Орел-карлик - Бгъэжьей
Синица усатая - ЦIыжьдадэжьэгъуху
Синица хохлатая - АмкIыщ
Красавка - КърупщэфIыцIэ
Краснозобик - Бгъэгуплъ
Галка альпийская - Къуалэпэгъуэ
Барсучок - Бгъэнбзу
Галстучник - Щхьэщ, пшахъуэджэд
Бекас - Сыр-сыр, бзупэкIыхь, удыдж
Цыбанэ зигъэкIэрахъуэу гъуджэм бгъэдэтт. Ар щатэрт, папщэрт, зэ ижьымкIэ, зэм сэмэгумкIэ зыщигъазэкIэ цыпхыдзэм ещхь и щIыб гъуджэм къищыр илъагъурти, и ни и пи къихьыртэкъым.
- Е сыцыфIэкъым, е сыплъыфэкъым, - жиIащ абы икIэм-икIэжым губжьа-губжьауэ.
Мастэ-Iуданэр зэи зымыгъэтIылъ анэр къуэм еплъри зыри жимыIэу Iуданэр къищтащ, шэцыкуэ IэщIэлъым тришэну. Цыбанэ хуэмышэчыжу анэм бгъэдыхьэри:
- Мы си джэдыгу фаджэм хуэдэ иIэу зы псэущхьи мы мэзым щIэскъым. НэгъуэщI схуэбдыфынукъэ? - жриIащ.
Анэм жиIэнIауэ хунэмысу зыгуэр къэджащ:
- Ей, гъунэгъур фыщIэс! - жери.
Анэр щIэкIмэ - Бажэ къыщытщ.
- Къеблагъэ, Бажэ, сыт ухуейт? - щIэупщIащ ар.
- Джэдыгу здынущи, кхъыIэ, хъунумэ, зы мастэ къызэт, - жиIащ Бажэ.
- Сыт, на, щIозмытынур?! Тхьэ, цыджан мастэм нэхърэ нэхъ папцIэмэ сысейр икIи сабын фIыцIэм зэ хэпIумэ, сыт хуэдэ фэми тыншу хыхьэнумэ, - ар жиIэри маститI иритри гъунэгъур игъэкIуэтэжащ.
ЕтIуанэ махуэм Цыбанэ джэгуну хуейм ихьащ. Бажэрэ Мэзыхьэрэ я джэдыгу щIэрыпсхэр зыр зым хуигъэщIэгъуэжу гъэхъунэм итхэт.
- Еплъыт, еплъыт зо мы си джэдыгу дахэм! - жиIэрт Бажэ пIащIэрыпсалъэу, къригъэжьар Мэзыхьэ фIызэпиудынкIэ шынэу. - Бжьыхьэ дыгъэпсым гъуэплъ, дыщафэ ищIа тхьэмпэ хуабэхэм зызгъафIэу, сыхэджэгухьу сыхэлъын сфIэфIти, абыхэмкIэ мамэ джэдыгу дахэ схуидащ. Мастэр, пщIэрэ, къезытар Цыжьбанэращ.
- Цыжьбанэ и фIыгъэкIэ нанэ джэдыгу схуидащ. Ди гъунэгъу мэл БжьэтIей цыщхъуэ къытхуихьат. Ар нанэ сэрэ зэгъусэу дыпщIащ, иужьым цыпхымкIэ зэIытхыжри цыIэрылъхьэ тщIащ. Нанэ цыкIуэкIымкIэ иджащ, итIанэ Iуданэр тIууэ зэгуилъхьэри щIиджэжащ. Цыжьбанэм фIэкIа мастэ иIэу зы псэущхьи нанэ мы мэзым щIигъуэтакъым. Къеплъыт, - и щIыIутелъ щхъуафэ щIэрыпсыр игъэлъагъуэу Мэзыхьэ зыщегъэкIэрахъуэ Бажэ и пащхьэм.
Абыхэм жаIар зэхэзыха Цыбанэ и джэдыгу мастэм еплъыжри пыгуфIыкIащ.
Мэлей ФатIимэ.
Къэралхэм я цIыхуу къалэхэм щыпсэур: Ватиканым, Монакэм, Наурум, Сингапурым цIыхуу щыпсэум я проценти 100-р къалэдэсщ, Бельгием - процент 97-р, Андоррэм - 95-р, Исландием, Катарым - 92-р, Бахрейным, Израилым, Уругвайм - 91-р. И цIыхухэм я процент 80-м щIигъур къалэхэм щыпсэу къэралхэр блы мэхъу. Къалэдэсхэр щынэхъ мащIэ дыдэр Бутанырщ - проценти 7 къудейщ, Руандэмрэ Бурундиемрэ - 8-щ, Непалым - 11-щ, Угандэм - 13-щ. Къалэдэсхэр щохъу: США-м - процент 76,2-рэ, Урысей Федерацэм - 73,1-рэ. УФ-м и республикэхэу Адыгейм - 53-рэ, Дагъыстэным - 41,5-рэ, Ингушым - 32,4-рэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым - 60,1-рэ, Къалмыкъым - 39,7-рэ, Осетие Ищхъэрэм - 68,9-рэ, Шэшэным - 33,6-рэ.
* * *
Франджы актрисэ цIэрыIуэ Бернар Сарэ илъэс 70 ныбжьым иту илъэс 13 фIэкIа мыхъу Джульеттэ и ролыр игъэзэщIат икIи абы зыми шэч хуищIатэкъым - сценэм итыр лъагъуныгъэм итхьэкъуа пщащэ цIыкIуу фIэкIа зыми къащыхъуатэкъым.
* * *
Фэ фщIэрэ Норвегие тенджызым зы жэщ-махуэм къриубыдэу хуабэу МВт мелуан 80 хьэуам зэрыхиутIыпщхьэр? Дунейм хыуэ тетым зы жэщ-махуэм хуабэу МВт мелард 30 хаутIыпщхьэ. Ар Дыгъэм ЩIым хуабэу къритым и процент 20-м нос.
* * *
Хэку зауэшхуэр щыщIидзам СССР-м и Дзэ-Тенджыз флотым иIащ зэрызауэ кхъухь зэмылIэужьыгъуэу 1000-м нэс. Абыхэм ящыщу 3-р линкорт, 54-р эсминецт, 212-р псыщIагъырыкIуэт, 22-р псы Iуфэхэр зыхъумэт, 80-р хьэлъэзешэт, 287-р торпедэ зезыхьэт. Абы нэмыщI, ди къэралым иIащ тенджыз авиацэм и кхъухьлъатэу 2.800-рэ, артиллерием и псы Iуфэ батарееу 260-рэ.
ФIыгъуэмрэ фыгъуэмрэ зэращIылIа зэдауэ, зэзауэ, зэрыукI гущIэгъуншэ IэубыдыпIэншэм я зэхуаку къыдэспхъуэтыкIа си гурыфIыгъуэм, си насып мылъытэм, си дуней гъащIэр щIэщыгъуэкIэ схуэзыгъэнщIым пхуэслъэгъуащ ныжэбэ пщIыхь. Нэщэнэм я нэхъ хъуэпсэгъуэр къызыхэтэджыкI, гур зыщIэхъуэпс, псэр зыщIэзыгъапсэ гурыфIыгъуэхэр къызыхэхъуэпскIыкI пщIыхь дахащэ. Си лъэр щIым тримыубыдэжу, си гур си пкъым къысфIилъэтынкIэ сигъэшынэжу сегъэпсэу си нэгу щIэкIам.
ЗыкIи къэмысэбэпыжыну хыфIадзэжа хьэпшыпу зэгуэр искIутыжа, сабэмрэ нэпсымрэ езгъэтхьэлэжа гугъэ кIапэлъапэхэм я лъыхъуакIуэ щхьэхуимыту срегъэжьэж. Фо зэхуэхьэсыным нэхъуеиншэу бгъэдэт бжьэ зэрыбыным я лэжьэкIэм, я Iуэху зехьэкIэм сыдригъэплъейкIэрэ сригъэхъуэпсэн мурад иIэми ярейуэ, щхьэхуимыту къэзгъэщIа гъащIэм и къудамэ, удз гъэгъа куэдым си гугъэ-щыгъэхэр къыпызегъэхыж, псэм акъылыр и дэлэлу дзыгъуэ гъуанэ дихьа къэзмыгъанэу зэхузегъэхьэсыж. Упсэуну сыту фIыIуэ щIыжысIэн щхьэусыгъуэхэр мымащIэу си пащхьэм къизылъхьа пщIыхьым къигъэщIа къару лъэщым си блэкIамрэ си къэкIуэнумрэ сакъыпэурэ зэлъыIуегъэкIуэтри зэуIу, зэкъуэт, зэрыIыгъ хъужа гугъэхэм къахищIыкIа гурыфIыгъуэшхуэр Iэдэбу я зэхуаку дегъэзагъэ - си нобэм дыгъэпс гуакIуэу кърекIых. АпщIондэху си гур къогуфIыкI, къогушхукI, къыспэплъэ гъащIэм и плъыфэ зэмыфэгъухэр напIэдэхьеигъуэм си нэгу къыщIегъэувэ. УвыIэгъуэ имыIэу хъуапсэ си псэр зэрынэхум, ар зыхуэпабгъэ, зыщIэбэг дахагъэ псори Iэрылъхьэ, нэрылъагъу зэрыхъунум къыпкърыкI гупсысэхэм зэшыпIэ срагъахуэркъым, тепыIи къызатыркъым.
ТыншыгъуэкIэ къызэтэу, гурыфIыгъуэкIэ сызыгъафIэу си хъуреягъыр зыгъэщхъуэкIэплъыкIэ пщIыхьыр къыздэтIысу, къыздэтэджу, къыздэбакъуэу сегъэпсэу. Уафэ къащхъуэр уи нэгуу сегъэлъагъу, сызэрыбауэ хьэуам уи джэрпэджэж щызэхызегъэх. КъысхуэгумащIэрэ сыфIэпсэкIуэду зи кхъуакIэхэр къысхуэзыгъэджэгу дыгъэр уи хуабагъкIэ, гуапагъкIэ къысхуоупсэ. А псор зыхэзыщIэ, зыгъэунэху си гур зэгъэжауэ къыспэплъэ гъащIэм сыхуегъэпабгъэ - уэ ущызгъуэт, ущызыхэсщIэ гъащIэм - пцIапцIэу, цIанлъэу, цIэнтхъуэрыгъуэу зэгуэр къысхущIэкIыжынкIэ хъуну гъащIэм - пщIыхь псэгъапцIэр щыскIэрымыкI гъащIэ лъащIэм.
КхъуэIуфэ Рабия.
НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1955.txt"
} |
Адыгэхэр: дуней псом щынэхъыжь дыдэ лъэпкъхэм ящыщ зыщ
Зэгуэтха тхылъышхуэм Тыркум щыпсэу убыххэм я зы нэхъыжьыфI къиIуэтэжа гъэсэпэтхыдэ дигу къигъэкIыжащ. Зэгуэрым ныбжь дахэ зыгъащIэу, куэд зи нэгу щIэкIа убых тхьэмадэ жьакIэхум и къуэ закъуэр ириджэри: «Къуажэ хэгъуащхьэм нэс удэкIрэ шыгъэ-лIыгъэ щыбгъэлъагъуэу, абдеж къыщыхъум фIэкIаи дунейм къыщекIуэкIым ущымыгъуазэу щыIэныгъэр къыбгурыIуэнукъым, зэхэщIыкIи уиIэнукъым, езы гъащIэми щIагъуэу ухэзэгъэнукъым. КIуэ, дунейр къэплъыхь, зэгъэцIыху, акъыл зэгъэгъуэти къекIуэлIэж. ФIыкIэ сыт узэджэнур, Iейуэ сыт плъытэнур, цIыху гъащIэми нэхъыщхьэу сыт щыбгъэувынур - мыхэр зищIысыр зэхэгъэкIи, акъылыр уи щхьэм, хьилмыр уи гум илъу къэгъэзэж», - жриIащ.
ЩIалэми адэм и псалъэр тIэужыIэ ищIакъым, кIэщIу гъуэгум зыхуигъэхьэзырри ежьащ. МащIэрэ къэтами, куэдрэ къэтами, зыдэкIа жылэм псэууэ абы зыри щымыгугъыжу къигъэзэжащ. Дунейр зауает, зи щхьэр къезыхьэкIыр куэд хъурт, факъырэIус къыхэзыхыу хэтри мащIэтэкъым. Зи щыгъыныр зэхэчэтхъа, зи жьакIэ-пащIэр зэщIэкIэжу бэлацэ хъуа щIалэр зыми хъымпIар ищIыну къыщIэкIынтэкъым, бгы джабэм къехыу псым къызэпрыкIа нэужь, лъейр зылъихыу и лъапэр къуажэм къызэрыдишиям гу лъамытатэмэ…
ИгъащIэми убыхым зэрахьэ гъуэгутекIыж унэихьэж хабзэжьыр щIалэм щыдалъагъум, ар зэрымыхамэр къагурыIуащ, и гъуэгур и занщIэу убых тхьэмадэм и унэм нэкIуэпакIуэу щыхуиунэтIми, нэхъ набдзэгубдзаплъэхэм зи хэтри къащIащ. ЩIалэм и плIэм едзэкIа нэдым илъ мывэхэм я зэунтIэIу макъыр цIыхур нэхъ гъунэгъу хуэхъуху нэхъ IупщIу зэхахырт, ар зи уэндэгъуагъри джэдыкIэ къутэным хуэдэу хуэсакъыу зэрихьыр псоми гъэщIэгъуэн ящыхъурт. ЩIалэр и адэ и унэ щынэблагъэм, ар тхьэмадэм зэрикъуэм къуажэдэсхэм зыми шэч къытрахьэжакъым.
Унэ гупэм къит кхъужьей жыгышхуэм щIэт тетIысхьэпIэм екIуэкIыу лIыжь уэршэрхэр тест, щIалэр щахыхьам. Абы нэдыр и плIэм кърихри, тхьэмадэхэм я пащхьэ ирилъхьащ. И Iэ ижьыр иIэтщ, и бгъэгум трилъхьэри, и щхьэр абыхэм яхуигъэщхъащ, псалъэ къратыным пэплъэуи лъэбакъуитI хуэдизкIэ икIуэтыжащ. Жылэр зэрыщыту зэхуэсащ жыпIэну къэхъугъэр яфIэхьэлэмэтлажьэу зэхэтт. Нэхъыжьхэм ящыщ зы къэтэджри, къуажэдэсхэм я цIэкIэ къэкIуэжа щIалэм фIэхъус ирихащ, пщэрылъ щащIам теухуауэ кърихьэлIар жиIэнуи хуит ищIащ.
ЩIалэр нэдым бгъэдыхьэщ, и щхьэр фIиубыдыкIри, фIыуэ иудыныщIащ, нэдым и зэрыIуэт щхъыщхъымрэ мывэ зэудэкIымрэ я макъыр пэIудзауэ щытхэми ялъэIэсу. «Мыр зыми емыщхь си бзэращ - федаIуэт, зэхэфхрэ Ацэпс и Iущащэ макъыр, Ажэкъуэ къриху жьы щабэм и дэхащIэр, Щачэ къуэладжэ къибыбыкI ди къуалэбзухэм я Iурэсырэр, ди убых анэхэм я гущэкъу уэрэдыр… Ди бзэкIэ къыдэмыпсалъэр дэтхэнэра? Ар ди дунейщ, ар ди псэщ, ар дигущ», - жиIащ щIалэм.
Арэзы зэрыхъуар я нэгу къищу я щхьэр ящIри, лIыжьхэм ящыщ зы къэтэджащ щIалэм еупщIыну:
- АтIэ, сыт фIыкIэ узэджэнур? - жиIэри.
ЩIалэм нэдыр итIатэри, илъыр хуэсакъыпэурэ къригъэщэщащ. Я инагъкIэ зэхуэмыдэу, ауэ дэбагъуэ фIэкIа умыщIэну хуэзэпэхъурей защIэу абы къилъэлъащ мывэ зыкъом. ФIыуэ нэхъ ину икIи зыхэпщIэу нэхъ хьэлъэу абыхэм яхэлъ мывэ хъуреишхуэр къищтэри, щIалэм жэуап къитащ:
- Сыт фIыр жыпIэмэ, щIэныгъэм нэхъыфI щыIэкъым. Дунейм теткъым пщIэм хуэдэу узыIэтыни узыгъэгъуэзэни. ЦIыхур сыт ищIысми ирикъунущ, зримыкъунур щIэныгъэщ, щыIэныгъэм и дагъэр аращ, - ар жиIэри, мывэм и зы лъэныкъуэр яригъэлъэгъуащ щытхэм - ар джафабзэт.
- Сыт-тIэ Iейуэ къэплъытэнур? - еупщIащ щIалэм етIуанэу лIыжьыр.
- ЩIэныгъэм нэхъыкIи щыIэкъым. ЩIапхъэр цIыкIу щIэхъукIыжу, умыщIапхъэм утекIуэдэжынущ. ЩIэныгъэ захуэр зэрыуэзэрыбг хъуркъым, ар сыт щыгъуи зэшхуэзэесщ. Щримыкъум къоныкъуэкъу, щрикъум къощхьэпэ. - ЩIалэм мывэр аргуэру къиIэтри, адрей лъэныкъуэмкIэ цIыхухэм яригъэлъэгъуащ - ар хьэцкъэ защIэт.
- Ари екIуу жыпIа хъуащ. АтIэ сыт гъащIэм щынэхъыщхьэр?
- ЦIыхум нэхъыщхьэ щыIэкъым. Ар зэрылъапIэр къыщыпщIэри къуажэ хэгъуащхьэм телъ пхъэ дакъэжьым утесущ, - щIалэр еIэбыхри, мывэ зыбжанэ къищтащ. - Хэку, хабзэ, напэ, гулъытэ, гущIэгъу щIыжытIэр цIыхум хуэтщI уасэращ, цIыхугъэ кIэлъызетхьэращ. Iэджэ хэкуи сыщыIащ, жылэ куэдми сыдыхьащ, ауэ си цIыхущхьэр щыслъагъужар нэхъапэ дыдэу си жылэрщ, сыщалъхуа си Хэкурщ. Абдеж щызгъуэта щIэныгъэращ сэ сызихэтыр сщымыгъупщэу дэнэкIи сыкъыщезыхьэкIар. ЗэрыжаIэщи, хабзэжь хэкужь къранэркъым. Мис аращ сэ къэсщIари къызгурыIуари. - ЩIалэм ар жиIэри мывэ Iэбжьыбыр лъагэу иIэтащ, зыр чэмкIэ зым къыпхуищIэн зэрыщымыIэр игъэлъагъуэу, щызэрыIыгъым деж уасэ зэриIэр цIыхум я нэгу щIигъэкIыу.
(Хъыбарыр къэзыIуэтэжым и гур къызэфIэнащ, убыхым хэкужьи диIэжкъым, хабзэжьи зетхьэжыркъым, жиIэри…)
Мы гъэсэпэтхыдэр дигу къэзыгъэкIыжар иджыблагъэ дунейм къытехьа, «Адыгэхэр: дуней псом щынэхъыжь дыдэ лъэпкъхэм ящыщ зы» тхылъыр къыщызэIутхым, япэу зи нэгу диплъа убых бзылъхугъэ, дуней псом щынэхъ дахэ дыдэу къалъыта Бжьынэу Кариман Хъалис и сурэтырщ. Ди насып къихьри, 2002 гъэм Кариман нэIуасэ дыхуэхъугъат. Ар къыщытцIыхуам фIыуэ и ныбжь хэкIуэтами, щIэж хъарзынэ иIэт, и дахагъэр и нэгум имыкIуэдыкIыжауэ иджыри гуакIуэт. «Си дахагъыр си напщIэм щытемылъа къэхъуакъым, - жиIат абы щыгъуэм Кариман. - Ауэ сыт щыгъуи лъагъуэ бгъузэ гуэр сызэрытетыр зыдэсщIэжу сыпсэуащ. ЛъэпкъкIэ сытыркутэкъым, тыркун хуейуэ зыпаубыдхэм сакъыхэкIати, е псалъэкIэ, е IуэхукIэ а лъагъуэм сыдэхамэ, мы дызыхэсхэм си дахагъэм къахуихьа цIэрыIуагъым щай фIыцIи щIамытыжу пщIэншэ хъунут. Ар сигу къыщридзэ куэдрэ къохъури, псэкIэ Убыхым сыщынэсыр мащIэкъым - зыпцI хэлъкъым дуней псом «Кариман» щIыжаIам а нэсу схуэмыгъэпэжа си хэкужьым, си Убыхым, и фIыщIэ зэрыхэлъым. Убыхым жьэгужь иIэжтэкъыми, и мафIэри зэхэдгъэкIыжащ…».
ГуащIэвымрэ
гуащIэмрэ
Зы сурэтым апхуэдиз гупсысэм ущыхилъасэкIэ, адрейхэми хъыбару якъуэлъыр нэхъыбэжщ, жыпIэурэ зэпыбоплъыхь нэхъапэкIэ адыгэхэм ямыIауэ, зы лъэбакъуэ чыгъуэкIэ куэд къызэщIэзыубыдэфа «Адыгэхэр: дуней псом щынэхъыжь дыдэ лъэпкъхэм ящыщ зы» фIэщыгъэр зыгъуэта щIэнгъуазэр.
Дунейм тхылъыщIэ къыщытехьэм деж, лъэпкъ щэнхабзэр ипэкIэ зэрыбакъуэм, щIэныгъэми зы далэ зэрыхигъахъуэм шэч хэлъкъым. Ауэ щыIэщ иджыри зыфI, абы ущегупсыскIэ Iэджэ гугъапIи къыдэушу - ар тхылъым и мыхьэнэрщ, къэкIуэну лъэхъэнэхэм хэбэкъуэну, лъэпкъ щIэжыр имыгъэкIуэсэну иIэ гуащIэрщ. Мис апхуэдэ дыдэущ зэрытлъагъур ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и нэIэ щIэту иджыблагъэ «Принт-Центр» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIа адыгэ щIэнгъуазэ хьэлэмэтыр. Ар зэхэзылъхьари тедзэным хуэзыгъэхьэзырари Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэм» и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ а газетым и литературэ обозреватель, тхакIуэ Чэрим Марианнэрэщ.
Тхылъыр фафIэшхуэщ, къызэрыкIуэкъым, щыпIыгъым деж къыуит гукъыдэжым и мызакъуэу, къызэгуэпхрэ итым ущыкIуэцIрыплъкIи узыIэпешэ. Ар зэхэзыгъэувахэр я IэдакъэщIэкIым ауэ сытми «сурэткIэ гъэщIэрэщIа щIэнгъуазэ хрестоматиекIэ» еджакъым. ЖыпIэну ирикъунщ напэкIуэцI 652-рэ хъу тхылъым сурэт къудейуэ 1538-рэ зэритыр, бзэм, щэнхабзэм, фIэщхъуныгъэм, пасэм щегъэжьауэ нобэм нэс адыгэм къикIуа жылагъуэ икIи политикэ тхыдэ гъуэгуанэм, географием, нэгъуэщI Iэджэми ехьэлIа жыIэгъуэрэ щыхьэтыгъэ защIэу мин зыбжанэ къызэрызэщIиубыдэр. Апхуэдиз информацэр тхылъеджэм зэригъэзэхуэфын щхьэкIэ, щIэнгъуазэр Iыхьэ 22-рэ хъууэ зэпыудащ, дэтхэнэми игъуэта фIэщыгъэмкIэ узыхуейр псынщIэу къыуигъэгъуэту. Псалъэм папщIэ: щIэнгъуазэм щхьэхуэ-щхьэхуэу щызэпэщIэхащ «Шэрджэсейр - адыгэхэм я хэкущ», «Адыгэ мамлюкхэр», «Къэнжал зауэр», «Урыс-Кавказ зауэр», «Адыгэхэр Хэкум зэрырагъэкIамрэ хамэ лъэпкъхэр я щIыгум къызэрырагъэтIысхьамрэ», «Теплъэмрэ фащэмрэ», «Бзэмрэ тхыбзэмрэ», «ФIэщхъуныгъэмрэ динымрэ», «Адыгэ шхыныгъуэхэр», «Адыгэшыр», нэгъуэщI куэдми ехьэлIа Iуэхугъуэхэр.
Зи гугъу тщIы щIэнгъуазэм лэжьыгъэшхуэ ещIэкIа хъуащ. Тыншкъым икIи псынщIэкъым адыгэхэм ятеухуауэ щыIэ къэхутэныгъэ бжыгъэншэхэм Iэрыхуэу, купщIафIэу, псалъэм хэбухуэнэф хъууэ жыIэгъуэхэмрэ щыхьэтыгъэхэмрэ къыхэпщыпыкIыныр. Ауэ щыхъукIэ, иджырей дунейм цIыхур занщIэу зэпхъуэр гупсысэр щызэщIэкъуа псалъэ кIэщIхэмрэ псалъэ шэрыуэхэмрэщ. Ар иджырей лъэхъэнэм и нэщэнэ хъуауи жыпIэ хъунущ. Тхылъыр зыгъэхьэзырахэр а псор щызэхуахьэсми хущIэкъуащ щIэныгъэ лэжьыгъэхэм, зекIуэ тхыгъэхэм, гукъэкIыжхэм къыхах пычыгъуэхэр зэрыхъукIэ нэхъ кIэщIу къахьыну, лъэпкъым и щэныр, и хабзэр, и блэкIар, бгъэдэлъ хъугъуэфIыгъуэхэр нахуэу къызэраIуэтэнуми, IупщIу нэгум къызэрыщIагъэувэнуми елIэлIащ. Iуэху пылъщ апхуэдиз псэлъафэр щIэнгъуазэр зэрыгуэша Iыхьэхэм хэбгъэзэгъэжынми. «ГуащIэвыр къепсри, гуащIэм хэпсащ», жаIэ адыгэхэм. Iуэху тынш щыIэкъым, ар зытещIыхьа гупсысэр бэм яхуэгъэзамэ. Къытегъэзэж къыхэмыкIыу, щхьэж зэрыхуэфащэкIэ жыIэгъуэхэр тхылъым и кIыхьагъкIэ щызэкIэлъыгъэкIуа хъуащ, нэм къызэрищтэнум, гум зэриубыдыным хуэдэуи зэпэщIэхауэ гъэпсащ. Тхылъыр зэхэзылъхьахэр гуащIафIэти, я IэдакъэщIэкIыр нобэрей лъэхъэнэм сыт и лъэныкъуэкIэ пэджэжу, уеблэмэ ипэ ищу пIэрэ жыпIэну щIэнгъуазэ нэсым и жыпхъэм иту ягъэпсащ. А лъэныкъуэмкIэ укъеплъмэ, ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ Чэрим Марианнэрэ адыгэхэм хуалэжьа Iуэхутхьэбзэм и инагъыр къэлъытэгъуейщ.
Апхуэдэу къыхэгъэщын хуейщ, сурэт щIэнгъуазэр «Черкесика» тхылъ зэужьым хэту къызэрыдэкIар. ЩIэупщIэ зиIэ, адыгэ литературэ щэнхабзэм и фIыпIэм халъытэ къэхутэныгъэхэрщ, зэдзэкIыгъэхэрщ, тхыгъэхэрщ абы хэту дунейм къытехьэр. ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием деж щылажьэ «Адыгэ щIэнгъуазэ» институтым илъэсипщIым къриубыдэу тхылъибгъу къыдигъэкIащ, мыр епщIанэщ. Сурэт щIэнгъуазэм, шэч хэмылъу, зэужьыр игъэбеящ.
ЩIэнгъуазэм и мыхьэнэм и гугъу щищIкIэ, абы пэублэ псалъэ хуэзыщIа, УФ-м ФедерацэмкIэ и Советым и сенатор, ЩIДАА-м и президент Къанокъуэ Арсен жиIэм уемыувэлIэнкIэ Iэмал иIэкъым: «Ди лъэпкъым и тхыдэр зэфIэгъэувэжын зэрыхуейм къыщымынэу, пэжу зыгурыгъэIуэни хуейщ. Ар тхузэфIэкIынукъым, щIы хъурейм и щIыIум адыгэм лъэужьу къытрина псори къызэщIэдмыкъуэжауэ, ди щIэныгъэлIхэмрэ хамэ къэралхэм щыщ тхыдэджхэмрэ бжьыпэр зыIыгъ бзэ лъэрызехьэхэмкIэ кърахьэлIа тхыгъэхэр зы дымыщIыжауэ».
Иужьрей илъэс минищрэ щитхум адыгэм тратхыхьари тражыIэхьари мащIэкъым. ЩIыпIэ куэдым щызэбгрыдзарэ зылъэIэсыгъуей сурэтхэмрэ жыIэгъуэхэр къызыхахыжа тхыгъэ гъуэтыгъуейхэмрэ тегъэщIапIэ ящIу зэхагъэува щIэнгъуазэр дяпэкIэ ирагъэкIуэкIыфыну къэхутэныгъэхэм я псыпэхэшу жыпIэ хъунущ. Дэтхэнэ зы теплъэгъуэми жыIэгъуэми я щIыб щIэныгъэшхуэ дэлъщ, сэтей щыхъунум пэплъэу. Ахэр зэуIу щыхъукIэщ дэри мы щIы хъурейм щыдубыд увыпIэр зыхуэдэр къыщыдгурыIуэнур, ди лъэпкъыщхьэми хуэфащэ уасэр щыхуэтщIынур. ЩIэнгъуазэм пщэрылъ зыщищIыжыр лъэпкъыу зыкъэтщтэжрэ дызэплъыжмэ, ди нэгу щIэкIамрэ ди адэжьхэм я щIэинымрэ дригушхуэу дрипсэлъэфын къудейм и закъуэкъым, атIэ нэхъ куужу дыкIуэцIригъэплъынри, ди Iуэхум нэхъ бгъуэуэ дыхигъэплъэнри хьэкъ къытщещI. «Адыгэм къызэринэкIа тхыдэ гъуэгуанэм апхуэдиз и кIыхьагъ, и кууагърэ пэт, джа зэрыхъуа и лъэныкъуэкIи зэрызиубгъуа щIыкIэкIи арэзы укъищIыным фIыуэ пэжыжьэщ нобэр къыздэсым», - етх Къанокъуэм. Мыр джэпсалъэу къэплъытэну ирокъу.
Дунейр зи кIыхьагъ тхыдэ
Лъэпкъым и щыIэныгъэм сыт хуэдиз зэхъуэкIыныгъэ хэмыхъухьами, лъэхъэнэ кIыхьхэм цIыхугъэр зэрилъытэ мардэхэм зэрызригъэхъуэж щIагъуэ щымыIэу къыкIуэцIрыкIащ. ЩIэнгъуазэм хыхьа пычыгъуэхэм ущеджэкIэ, хамэщI къикIыу ди щIыналъэ зыплъыхьакIуэ къакIуэхэм дапщэщи гу лъатэ икIи къыхагъэщ зэпыт адыгэм и теплъэм узэритхьэкъур, хьэщIэм гулъытэу хуищIыр зэрыгъунэншэр, я хъыджэбзхэр зэрыгуакIуэр, я щIалэхэр шыгъэ-лIыгъэкIэ зэрыкъэмылэнджэжыр. ФIым сыт щыгъуи уехьэху, ауэ хамэ лъэпкъхэм щыщ цIыхухэр къыщыптетхыхькIэ, къыпхужаIэр яфIэмащIэу дахэр къыщыпхуагъэфащэкIэ, умыгушхуэнкIэ, уи щыIэныгъэр укъызэралъытэм хуэбгъэкIуэжыну ухущIэмыкъункIэ Iэмал иIэкъым.
Сыт и уасэ, псалъэм папщIэ, адыгэхэм къащыжыну Польшэм къикIа лыхьыдзэм и унафэщI, полковник Лапинский Теофил 1857 гъэм итхам укъеджэну: «Адыгэр лъэпкъ хахуэщ, къызэрымыкIуэуи гушхуэ кIуэцIылъщ. ПщIэншэу лъы игъэжэн фIэфIкъым, бзаджагъэ жыхуаIэри ищIэркъым, мыхъумыщIагъи къыпкIэлъызэрихьэнукъым. ЗекIуэм къикIкъым, зэпымычу гъуэгу тетщ, арщхьэкIэ и адэжь щIыналъэм пэIэщIэныр и жагъуэщ. И гур здэщыIэр и цIыкIущхьэр щигъэкIуа мэзхэмрэ бгыхэмрэщ. Щхьэхуитыныгъэр зыхуигъадэ щыIэкъым. КъэгъэпцIэгъуафIэщи, щабэу уепсалъэмэ, сабийм хуэдэщ, къыдэпхьэхыфынущ, захуагъэм уемыбакъуэмэ, уепхъэшэкIми, игу тригъэхуэнущ. ЗэуапIэм Iухьэмэ, и лIыгъэ теухуауэ къыхужаIэнум фIэлIыкI зэпытщ. НэгъуэщIым и хахуагъым пщIэ хуещI, ар и бийуэ щытми. Iуэхуншэу къыпщыхъуу, и мылъкуи, и уни хэкIуадэми, къыфIэIуэху щымыIэу, шыр игъэджэгуу дэту къыпфIэщIми, ар и унагъуэм гурэ псэкIэ хуэпэжщ. Адэ-анэм ярит хьэкъыр зэрылъагэмкIэ, унагъуэм щызэрихьэ хабзэмрэ зэгурыIуэмкIэ жыжьэ нэсарэ зыужьыныгъэшхуэ игъуэтауэ къызыщыхъу дэтхэнэ лъэпкъми щапхъэ хуэхъуфынущ». Мы зы жыIэгъуэм фIэкIа хэмытами, ирикъунущ щIэблэр ирибгъэсэну, фIым ирихуэбущиину.
Хьэмэрэ Лондон 1854 гъэм къыщыдэкIа «Глисон и сурэт журналым» адыгэщIым фIыуэ пэжыжьэ щIыналъэм щыпсэу цIыхухэм уи лъэпкъыр зэрырагъэцIыхуа мы жыIэгъуэр хьэлэмэткъэ: «Хуитыныгъэр зи щIасэ адыгэ лъэпкъым зауэм ипэкIэ иIа щыIэкIэ-псэукIэр, унагъуэм щызэрихьа хабзэхэр, гъунэгъумрэ хьэщIэмрэ, биймрэ ныбжьэгъумрэ зэрахущытар, Кавказ щIыналъэм абы щиIыгъа увыпIэмрэ щиIа пщIэмрэ дунеяплъэхэм, щIэныгъэлIхэм, динырылажьэхэм, усакIуэхэм, зэрыпхъуакIуэхэм, тIасхъэщIэххэм ягу къызэринэжар, дауи, зэщхькъым. Абы нэхъ гъэщIэгъуэныж ищIыну дыщогугъ щIэныгъэ тхыгъэшхуэхэр игъэкъарууну хущIэмыхьэ нобэрей тхылъеджэм папщIэ кIэщIрэ шэрыуэу адыгэ лъэпкъым теухуа псалъэ гукъинэжхэр щызэхуэхьэса «Адыгэхэм ятеухуауэ» тхылъыщIэм и пычыгъуэу фи пащхьэ итлъхьэр.
Адыгэхэр лъэпкъ нэхъыжь дыдэхэм ящыщщ. Абыхэм я тхыдэр апхуэдизкIэ жыжьэ зоIэбэкIыжри, Китайм, Мысырым, Къэжэрым я гугъу умыщIмэ, адыгэхэм я блэкIам елъытауэ, дэтхэнэ зы хэкуми зи гугъу ящIхэр дыгъуасэрей хъыбарщ.
Адыгэхэр нэгъуэщI телъыджэ гуэркIи псоми къахощ: ахэр зэрыпхъуакIуэм и унафэ зэи щIэтакъым. ИкIуэтащ, къуакIэбгыкIэхэм зыщагъэпщкIуащ, къаруушхуэкIэ ираудыхащ, ауэ къатегуплIахэм я хабзэхэм фIэлIыкIа мыхъумэ, зызыхуагъэщхъа къару щыIэкъым. Дызэрыт лъэхъэнэми ахэр, я хабзэ зэрахьэжу, я нэхъыжьхэм я унафэ щIэту мэпсэу. Мы лъэпкъыр гъэщIэгъуэн зыщI Iуэхущ мыри: щIы хъурейм тет дэтхэнэ лъэпкъри и тхыдэ жыжьэм зэбгъэплъэкIыжмэ, адыгэхэм я закъуэщ щхьэхуиту зэрыщытам щыхьэт техъуэфу къахэкIынур.
БжыгъэкIэ куэд мыхъухэми, я щIыналъэм апхуэдизкIэ купщIэшхуэ ехъумэри, пасэрей цивилизацэхэм а лъэпкъыр фIы дыдэу щацIыху. Адыгэхэм я гугъу ящI Геродот, Флакк, Помпоний, Страбон, Плутарх сымэ хуэдэ тхакIуэ щэджащэхэм.
Илъэс минитIрэ щищым щIигъуауэ дунейм нэхъ лъэрызехьэу тета тепщэхэм щахъумэфа хуитыныгъэм и лIыхъужь пшыналъэщ абыхэм я IуэрыIуатэр, таурыхъхэр, хъыбарыжьхэр».
Арыххэу, сурэт щIэнгъуазэм жыIэгъуэу ихуам, шэч хэлъкъым, зэхэщIыкIыр нэхъ лъагэ зэрищIым, адыгэ щIэныгъэм щыщIэм зэрыхигъэхъуэжым. ИтIанэми, щхъуэкIэплъыкIэ защIэу тхылъым ит сурэтхэм а псор уи нэгу къыщIагъэхьэ, узэпаIыгъэу тэлайфIкIэ укърахьэкI.
Щикъухьащ адыгэр
дунеижьым
ЩIэнгъуазэм щIыпIэфI щаубыд егъэзыгъэкIэ хамэщIым къыщыхута ди лъэпкъэгъухэм ятеухуа информацэ бейми. Жылагъуэ лэжьакIуэу, цIыху цIэрыIуэу къыдигъэцIыхум я бжыгъэр мащIэкъым, я IэдакъэщIэкIыу дызыщигъэгъуазэри куэд мэхъу. ЩIэнгъуазэм зи гуащIэ хэзылъхьа ХьэфIыцIэ Мухьэмэд езым и гъащIэ псор щхьэузыхь зыхуищIа Iуэхур - хыр зи зэхуаку хъуа лъэпкъыр зэпыщIэжыныр - зэрыабрагъуэр къыхощ абыи сурэт гъэтIылъыгъэхэм. ГъащIэр зы лъэныкъуэкIэ напIэдэхьеигъуэу блэкIми, ар теплъэгъуэ куэду зэрызэтепщIыкIыр, хэкужьым щыгъагъэу зыщызыужьын хуея хъугъуэфIыгъуэбэр хамэщIым зэрыхэшыпсыхьыжыр уигу къеуэу сурэтхэм уахоплъэ, пфIэкIуэдам и пщIэр гуащIэу зыхыуигъащIэу, уиIэр хъумэн зэрыхуейм уригъэгупсысу.
Ди бзылъхугъэ дахэхэр, ди спортсмен лъэрызехьэхэр, ди жылагъуэ лэжьакIуэ гуащIафIэхэр, ди дзэпщ губзыгъэхэр, зы псалъэкIэ жыпIэмэ - ди адыгэ цIыхур - щызэхуэдэщ дэнэ щIыпIэ ар къыщымыхутами. Зэрепх цIыхугъэ лъагэу зэрахьэм, ар хэту щытми нэгъэсауэ зэрыкIэлъызэрахьэм, я гуащIэдэкIым, дунейр нэхъыфI щIыным зэрыхуагъазэм, я гуращэм, адыгэгур къеуэу псэуху я гъащIэр зэрырахьэкIым. «ФIы зыхэмылъ жагъуэ щыIэкъым», ауэ сытми жаIакъым. Адыгэбзэм КъалэкIыхьым уфIимыхыну жызыIам IэщIэкIа пцIыр IупщI дыдэ ещI адыгэ дунейм и гъунэ зэлъыIукIуэтам. ХэкIуэдэжыну шынагъуэр къытщхьэщыхьауэ ренэу дрипсалъэми, абы къыхэнэнум гъуэзэджэхэр къызэрищIыкIынум урегъэгупсыс къэнауэ сурэт щIэнгъуазэм ди пащхьэ кърилъхьэхэм.
ЖыпIэ хъунур мащIэкъым, зыгуэри къэнэнщ…
ЩIэнгъуазэ щыхъукIэ, куэдыр зэрыгъуэзэн хуей лэжьыгъэ мэхъу. Абы хуэныкъуэнущ анэдэлъхубзэр езыгъаджэхэри, щIэблэр зыгъасэхэри, жылэр зыущийхэри. Апхуэдэу щыт пэтми, убых щIалэм сытыт жиIар: щIэныгъэ захуэр зэрыуэзэрыбг хъуркъым, ар сыт щыгъуи зэшхуэзэесщ. Тхылъыр зи Iэдакъэ къыщIэкIахэм ар зыIэщIыхьэнухэр къыхураджэ щIэнгъуазэр лъэпкъ зэхэгъэж ящIын гукъыдэжым тегъэщIапIэ хуащI зэрымыхъунум. ЦIыху лъэпкъ щхьэхуэу дунейм ущытеткIэ, къыбдалъхуа фIыр хэбгъэкIуэдэжыныр захуагъэкъым. УкъызэрацIыхужыну дахагъэр къыбдалъагъуу, уи фIыр текъузауэ къызыхэбгъэщу, «адыгэ» щIыжаIа щэнхабзэхэмкIэ уи гугъу ебгъэщIу адрей лъэпкъхэм пщIэ зыхуебгъэщIыфмэ, уи адэжьхэм я хьэкъ птелъыр зэщIа мэхъу, ди пащхьэ къралъхьа щIэнгъуазэми зыхуигъэувыж пщэрылъыр аращи, къызыхуриджэм тоIэбэ. «Мамырыгъэм, зэныбжьэгъугъэм къыхуедджэнырщ, щхьэж и пщэ дэлъ къалэнымрэ кърита Iэмалымрэ темыплъэкъукIыным тедгъэгушхуэнырщ мы тхылъыр къыщыдэдгъэкIым диIа плъапIэр. Кавказым къыщалъхуахэм зыщыщыр ябзыщIын хьэзыру щыпсэу нобэрей дунейм цIыхухэм ягу къэдгъэкIыжыну дыхуейт зэгуэр а хэгъэгур зы унагъуэшхуэ хуэдэу зэрыщытари, Къэбэрдей щIыналъэ махуэр зи нэр плъэм щапхъэу зэриIари. Тхылъеджэм а «зэхэгъэж» тIэкIур къытхуидэмэ, адрей псомкIи дэ тIэщIэкIа щыуагъэхэр зэзыгъэзэхуэжымрэ къыкIэлъыкIуэ лъэбакъуэр зычымрэ фIыщIэ яхуэтщIынущ», - щетх пэублэм деж Къанокъуэм.
Сурэт щIэнгъуазэ диIэщ, жыпIэныр, пэж дыдэу, гушхуэныгъэщ. Ар къызэгуэзых дэтхэнэми, шэч хэлъкъым, езым и уасэ хуигъэувыжынущ абы. Куэдым зыхуэныкъуэр ирагъуэтэнущ, зыщIэупщIэм и жэуап кърахыфынущ. Нахуэр аращи, жыпIэ хъунур мащIэкъым, зыгуэри къэнэн хуейщ, щIэнгъуазэм хуэфащэ псалъэ хузэIупщэну. Дыщогугъ къалэн зыщащIыжу лъэпкъым гугъу зыдезыгъэхьа ди нэхъыжьыфI ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ цIыху гуащIафIэ, тхакIуэ Чэрим Марианнэрэ я IэдакъэщIэкIым дызыщыгугъ фIымкIэ ди щIэблэр иунэтIыну.
ХьэтIохъущокъуэ Кургъуокъуэ
Мысырым и тет Къанщауэ Гъур
Адыгэ зауэлIхэр
Актрисэ Шорэ Туркан
Къаит-бей и мэжджытыр
Фараон гуащэ Нефрурэ
Самбист Хьэсанэ мурат
Хьэтхэр
ТАБЫЩ Мурат, «Адыгэ псалъэ» газетым и щIэныгъэ обозреватель.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1956.txt"
} |
Дунейм щыхъыбархэр
Апхуэди къохъу
Килограммих зи хьэлъагъ
«жэщ хьэщIэ»
Дунейм гъэщIэгъуэн куэд къыщохъу, ауэ США-м щыщ Висконсин штатым щыпсэу Миллермон Кен къыщыщIам хуэдэ махуэ къэс урихьэлIэркъым.
Лэжьэгъуэ махуэр къезыхьэлIэу къекIуэлIэжа щIалэм и пщыхьэщхьэ Iуэхухэр унэм щызэфIигъэкIри гъуэлъыжащ. Жей IэфIым хэт Кенрэ и унагъуэмрэ Iэуэлъауэ шынагъуэ гуэрым къигъэушащ. Зэщхьэгъусэхэм уэздыгъэр пагъанэмэ, я пIэм мыл тыкъырышхуэ илът, унащхьэр пхриудри «къахуеблэгъауэ».
ЗэрыжаIэжымкIэ, топ ягъэуам ищI Iэуэлъауэм хуэдэт жэщыбгым ахэр гузэвэгъуэм хэзыдзар. Миллермон насыпыфIэ дыдэу зыкъелъытэж, уафэм къехуэхар, тIэкIу къылъэIэсами, фэбжь хихын, уIэгъэ къищIын хуэдэу зэран къыхуэхъуакъыми. Ар и щхьэм къихуамэ, къызэремылынур гурыIуэгъуэт.
«Къэхъуам теухуауэ жысIэфынуращи - Тхьэм сыкъихъумащ. Абы нэгъуэщIу уеджэ хъунукъым, сыту жыпIэмэ, абы сиукIыным бетэмалщ иIэжар», - къыхегъэщ унагъуэм я нэхъыжьым.
Мыл тыкъырым и хьэлъагъыр зыхуэдизыр зрагъэщIэну ягу къыщыкIар иужькIэщ. Щашэчым, «жэщ хьэщIэм» килограммих и хьэлъагъыу къыщIэкIащ. Ар къыздикIар яхузэхэгъэкIакъым.
Лъэпкъ метерологие къулыкъущIапIэм и IэщIагъэлIхэм зэрыжаIамкIэ, а жэщым а щIыпIэм пшэ телъу, уэлбанэшхуэ къэхъуныфэу щытащ, ауэ уэ тыкъырхэм унащхьэхэр пхаудын хуэдэу шынагъуэтэкъым.
Унагъуэм я псэупIэм зыгуэр къыщыщIмэ, доллар мин къэралым къаритыжыну зэгурыIуэныгъэ яIэщ, абы ахъшэ пыухыкIа гуэри щIатауэ щытауэ, ауэ я унэм хэщIыныгъэу игъуэтар зэгъэпэщыжыным текIуэдэнур доллар минкъым, езыхэм зэрыжаIэмкIэ.
Миллермонхэ къащыщIар фIэщщIыгъуейуэ щытми, дунейм и нэгъуэщI щIыпIэхэми нэхъапэхэми апхуэдэ къызэрыщыхъуам тхыдэр щыхьэт тохъуэ.
Псалъэм папщIэ, 2000 гъэм Испанием махуипщIкIэ зэкIэлъыкIуэу къыщехащ уэ, килограммищым нэблагъэ хъухэри яхэту. Нэхъ гъэщIэгъуэныжрати, а махуэм уэлбани щыIэтэкъым, уафэ къабзэм къелъэлъэхырт уэхэр.
Испанхэм нэхъ пасэуи ялъэгъуащ апхуэдэ дуней къэхъукъащIэ - килограмм ныкъуэм къыщыщIэдзауэ килограммипщIхэм щIигъу уэ тыкъыр 50 ябжауэ щытащ. Апхуэдэ уэ абрагъуэхэм щIыр апхуэдизкIэ къраудырти, вагъуэижхэм я лъэужь фIэкIа пщIэртэкъым.
ЩIэныгъэр апхуэдэ мыл тыкъырышхуэхэм «мегакриометеор» цIэмкIэ йоджэ, испан геолог Мартинес-Фриас Хесус къыхилъхьауэ.
Бразилием килограмм 50 хъу мыл тыкъыр къыщехуэхауэ щытащ, 1849 гъэм Шотландием метритIым нэблагъэ зи кIыхьагъ «мегакриометеорхэр» къыщещэщэхат, США-м и Чикагэ, Калифорние штатхэм я тхыдэми хэтщ апхуэдэ щапхъэхэр. Ахэр къыздикIыр, мылыр апхуэдизу щызэтрихьэм, щIызэтрихьэм теухуа упщIэхэм щIэныгъэлIхэм жэуап иратыфакъым иджыри къыздэсым.
Нобэ
♦Бийр къащытеуам хэкIуэда сабийхэм я дунейпсо махуэщ
♦Ингуш Республикэр къыщызэрагъэпэща махуэщ
♦Хьэлъэ къызэраIэт краным ирилажьэм и махуэщ
♦Къэзахъстан Республикэм и къэрал дамыгъэхэм я махуэщ
♦Эстонием щагъэлъапIэ я къэрал ныпым и махуэр
♦Финляндием зыхъумэжынымкIэ и къарухэм я махуэщ
♦Молдавием и банк лэжьакIуэм и махуэщ
♦1800 гъэм Вашингтон дэт Унэ Хужьыр ухуэныр яухащ. Куэд дэмыкIыу абы Iэпхъуауэ щытащ къэралым и президент Адамс Джонрэ и щхьэгъусэмрэ.
♦1897 гъэм Петербург ухуэн щыщIадзащ «Аврора» кхъухь цIэрыIуэр.
♦1856 гъэм Третьяковскэ галереер къызэгъэпэщыным теухуа унафэ къащтащ.
♦1922 гъэм «Крокодил» журналым и япэ къыдэкIыгъуэр дунейм къытехьащ.
♦1940 гъэм Москва «Динамо» стадионыр къыщызэIуахащ.
♦1943 гъэм Налшык щекIуэкIащ фашистхэм я бийуэ республикэм и цIыхубзхэм къызэрагъэпэща пэкIур.
♦1962 гъэм СССР-м япэу щагъэлъэгъуащ «Фитиль» киножурналыр. Къэралым щыцIэрыIуэ дыдэ хъуауэ щыта а нэтыным и редактор нэхъыщхьэр Михалков Сергейт.
♦1930 гъэм къалъхуащ хоккеист, СССР-м и щIыхь зиIэ и тренер, зи унафэщIу щыта ЦСКА командэм хэту Совет Союзым 12-рэ и чемпион, щэнейрэ Олимп, 8-рэ дунейпсо чемпион хъуа Тихонов Виктор.
♦1975 гъэм къалъхуащ США-м щыщ киноактрисэ цIэрыIуэ, саугъэт куэдым я лауреат, псапащIэ Джоли Анджелинэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ, уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 18 - 19, жэщым градус 13 - 14 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Узижагъуэм уеуб, узищIасэр къыпщотхъу.
Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1957.txt"
} |
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхухэмрэ и щIыналъэмрэ щIыуэпс, техногеннэ къэхъукъащIэ къызэрымыкIуэхэм ящыхъумэныр, мафIэс шынагъуэншагъэр, цIыхухэм я шынагъуэншагъэр псыхэм къыщызэгъэпэщыныр» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
и Правительствэм и Унафэ
№ 82-ПП
2021 гъэм мэлыжьыхьым и 19-м Налшык къалэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхухэмрэ и щIыналъэмрэ щIыуэпс, техногеннэ къэхъукъащIэ къызэрымыкIуэхэм ящыхъумэныр, мафIэс шынагъуэншагъэр, цIыхухэм я шынагъуэншагъэр псыхэм къыщызэгъэпэщыныр» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2020 гъэм жэпуэгъуэм и 5-м къыдигъэкIа унафэ №229-ПП-мкIэ къащтам, мы унафэм щIыгъу гуэдзэным къыщыгъэлъэгъуа зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
и Правительствэм и УнафэщI МУСУКОВ Алий
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2012 гъэм мэкъуауэгъуэм и 4-м къыдигъэкIа Унафэ №16-ПП-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
№83-ПП
2021 гъэм мэлыжьыхьым и 19-м Налшык къалэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм такси псынщIэм и лэжьыгъэр щызэтеухуэным ехьэлIауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2012 гъэм мэкъуауэгъуэм и 4-м къыдигъэкIа Унафэ №146-ПП-м мы унафэм щIыгъу гуэдзэным къыщыгъэлъэгъуа зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
и Правительствэм и УнафэщI МУСУКОВ Алий
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Жылагъуэ палатэм и Аппарат» къэрал кIэзонэ IуэхущIапIэм и Уставым и 1.8 пунктым зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
№85-ПП
2021 гъэм мэлыжьыхьым и 19-м Налшык къалэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Жылагъуэ палатэм и Аппарат» къэрал кIэзонэ IуэхущIапIэм и Уставым, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2015 гъэм мэкъуауэгъуэм и 22-м къыдигъэкIа Унафэ №125-ПП-мкIэ къащтам, и Уставым и 1.8 пунктым зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэн, ар мы къыкIэлъыкIуэм хуэдэу къэхьауэ:
«1.8. IуэхущIапIэр здэщыIэр, абы и юридическэ, пощт хэщIапIэр: 360022, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэ, Налшык къалэ, Лениным и цIэр зезыхьэ проспект, 57-нэ унэ, 3-нэ къат, 1 - 13-нэ пэшхэр.».
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
и Правительствэм и УнафэщI МУСУКОВ Алий
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1958.txt"
} |
Дунейм щыхъыбархэр
Урысейм хуэмыщIауэ щыпсэухэм я бжыгъэр гъэмэщIэным хуэгъэпсауэ къэралым и Правительствэм зэхилъхьа программэм зэрыщыубзыхуамкIэ, 2030 гъэм ирихьэлIэу тхьэмыщкIэхэр хуэдитIкIэ ягъэмэщIэн, ахэр щытыкIэ гугъум кърашыфын хуейщ. Ауэ а къалэныр гъэзэщIэным пIалъэ кIыхьыIуэ хухахауэ къелъытэ УФ-м и Къэзыбж палатэм и унафэщI Кудрин Алексей. Ар зэреплъымкIэ, мурадыр зэбгъэхъулIэфынущ илъэсищ-плIым къриубыдэу.
Абы папщIэ къэрал дэIэпыкъуныгъэ нэхъ хуэныкъуэхэр къэгъэнэIуауэ абыхэм хэхауэ ядэIыпыкъун хуейуэ аращ.
Пособие зыхуэгъэувыпхъэхэр хэт сымэ? Абы хуэныкъуэхэрщ. Псалъэм папщIэ, зи хэхъуэхэр псэун папщIэ яIэрыхьэн хуейхэм нэхърэ нэхъ мащIэхэрщ. Мы гъэм къыщыщIэдзауэ а хабзэр ятохуэ илъэсищ-илъэсибл ныбжьхэм ит сабийхэр щапI унагъуэхэм. УФ-м Лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ ядэIэпыкъунымкIэ и министерствэм игъэхьэзыру Правительствэм къищта унафэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, абы тетущ зи ныбжьыр илъэсийм къыщыщIэдзауэ илъэс 17-м къриубыдэ ныбжьыщIэхэр зыщIэс унагъуэхэми, щытыкIэ гугъу къихута цIыхубз уэндэгъухэми зэрадэIэпыкъунур.
«ЦIыху хуэныкъуэм дэIэпыкъунырщ мыбдежым тегъэщIапIэ нэхъыщхьэу щыщытын хуейр. Абыхэм я мылъкур зыхуэдизым тещIыхьауэщ Iуэхум зэрыбгъэдыхьапхъэри. Псалъэм папщIэ, цIыхум унитI, машинитI иIэмэ, гурыIуэгъуэщ ар къэралыр цIыхухэм зэрадэIэпыкъу мылъкум хуэдэ езыми хухахыным щыгугъ зэрымыхъунур. Апхуэдэхэр хэбгъэкIмэ, къэнэнухэм ядэIэпыкъуурэ абыхэм я псэукIэр псынщIэу ирагъэфIэкIуэфынущ», - жиIащ Кудрин Алексей.
Хабзэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, унагъуэм пособие хуагъэувын къагъэнэнукъым абы фэтэр, унэ, дачэ, щIы Iыхьэ, автомашинэрэ ар зыщIигъэувэнрэ, мотоцикл, трактор, кхъухь иIэми, ауэ я инагъын хуейм мардэ иIэщ. Къапщтэмэ, фэтэрыр зы цIыхум хуэзэу метр зэбгъузэнатIэ 24-м, унэр зы цIыхум тещIыхьауэ метр зэбгъузэнатIэ 40-м щIигъу хъунукъым, щIы Iыхьэри псори зэхэту сотых 25-м фIэмыкIыу щытын хуейщ. Банкым щихъумэу ахъшэ иIэмэ, илъэсым проценту абы техуэр зы цIыхур псэун папщIэ зыхуейм щIимыгъумэщ пособиер къыщратынур. ДэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэхэм хагъэхьам и мылъкум хабжэнукъым ущыпсэуну къемызэгъыжу жьы хъуа фэтэрхэмрэ унэхэмрэ, къэралым закъыщIигъакъуэу кърата фэтэрхэмрэ щIы Iыхьэхэмрэ. ЩIы Iыхьэхэм апхуэдэуи хабжэркъым КъуэкIыпIэ Жыжьэм гектар къыщыIахыну хуит зыщI хабзэм ипкъ иткIэ апхуэдэхэм иратахэр.
Кудриным жиIащ къэралыр зыдэIэпыкъунухэм хагъэхьэхэр нэхъ мащIэж ящIами хъуну зэрыщытар, апхуэдэ щхьэусыгъуэ ямыIэу социальнэ льготэхэр къеIызыххэр ди цIыхухэм зэрахэтыр къихигъэщу.
«Социальнэ зэхъуэкIыныгъэхэр революцэ хуэмэбжьымэ къыхэмыхьэу егъэкIуэкIыпхъэщ, щытыкIэр зэпIэзэрыту къызэтенэн папщIэ. Апхуэдэу щытми, ди цIыхухэм ящыщу дэIэпыкъуныгъэ Iэмалыншэу зыгъуэтын хуейхэрщ япэ игъэщыпхъэр, абы папщIэ апхуэдэхэр гъэбелджылауэ щытыпхъэщ», - жиIащ Кудриным.
ХабзэщIэм топсэлъыхь, уеблэмэ иризодауэ цIыхухэри къулыкъущIэхэри.
Политологхэм къызэралъытэмкIэ, мыбдежым мылъкур зы цIыху гупым къатепхрэ адрейхэм епткIэ Iуэхур зэфIэкIынукъым. ХуэщIауэ къалъытэхэм я мылъкур езыхэм зэрагъэуIужащ, зэхуахьэсащ. «Адрейхэри, дэ тхуэдэу, жэщ-махуэ ямыIэу, ирелажьи, зыхуей ягъуэтынщ. Гугъу зрамыгъэхьу, ягъуэтыр яшхыу тыншу псэухэм яхуэфащэ къэрал пособие?» жызыIэхэри щыIэщ, абыхэм арэзы уадэмыхъунри тэмэмкъым.
Зэрысымаджэм, ныкъуэдыкъуагъэ зэрабгъэдэлъым къыхэкIыу мылэжьэфхэм, е апхуэдэхэм якIэлъыплъын зэрыхуейм къыхэкIыу IэнатIэ Iутыну зыхузэфэмыкIхэм къэралыр ядэIэпыкъупхъэщ, шэч хэмылъу. Зи IэщIагъэкIэ лэжьэну хуейуэ IэнатIэ зымыгъуэтхэми апхуэдэ ахъшэ яритыну и пщэ къыдохуэ къэралым. Абыхэм я Iуэхур щхьэхуэщ. Ауэ щыIэщ лэжьэну хуэмейуэ къэралым «и пщэ дэсыныр» нэхъ къэзыщтэхэри. А псори зэпалъытын, куэд дыдэ къапщытэн хуей хъунущ пособиехэр зыгъэувхэм.
СтатистикэмкIэ и къэрал комитетым къызэритамкIэ, илъэс кIуам и кIэухым ирихьэлIэу Урысейм тхьэмыщкIапIэм иту, нэхъ мащIэ дыдэу зыхуеинум хуэдиз яIэрымыхьэу щопсэу цIыху мелуан 17,8-рэ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, ар къэралым исхэм я процент 12,1-рэ мэхъу.
♦Зэныбжьэгъухэм я дунейпсо махуэщ
♦Архивхэм я дунейпсо махуэщ
♦Аккредитацэм и дунейпсо махуэщ
♦Урысейм и Промышленность псынщIэм и лэжьакIуэхэм я махуэщ
♦Иорданием щагъэлъапIэ Абдаллэ II Хьэшимит къэралыгъуэм и пащтыхь щыхъуа махуэр. Пащтыхьыгъуэм и тет Хъусен I ибн-ТIалал 1999 гъэм къэрал унафэр IэщIилъхьащ зи ныбжьыр илъэс 37-рэ фIэкIа мыхъуа и къуэ нэхъыжь Абдаллэ.
♦1719 гъэм Пётр Езанэм урысей губерниехэр щIыналъэ щхьэхуэу зэпыудыным теухуа унафэ къыдигъэкIащ.
♦1737 гъэм Москва мафIэсышхуэ къыщыхъуащ. Ар а къалэм къыщыхъуа лыгъей нэхъ ин дыдэхэм хабжэ. Абы зэщIищтат къалэкур, уеблэмэ Кремль уардэунэри исат.
♦1883 гъэм Москва тхыдэ музей къыщызэIуахащ.
♦1904 гъэм и япэ концертыр итащ Лондон къалэм и симфоние оркестрым. Иджы ар дунейм и оркестр нэхъ лъэщхэм ящыщ зыщ. Абы дэлэжьащ ди лъэпкъыр зэрыгушхуэ дирижёр цIэрыIуэ, СССР-м и цIыхубэ артист Темыркъан Юрий.
♦1935 гъэм Iуащхьэмахуэ и щыгум япэ дыдэу гупышхуэ дэкIащ.
♦1935 гъэм СССР-м къыщыдэкIащ хамэ къэралым кIуэса цIыхум и судыр укIкIэ щIэным теухуа законыр.
♦1945 гъэм СССР-м щагъэуващ «Берлин къызэращтам папщIэ», «Будапешт къызэращтам папщIэ», «Венэ къызэращтам папщIэ», «Кёнигсберг къызэращтам папщIэ», «Белград хуит къызэращIыжам папщIэ», «Варшавэ хуит къызэращIыжам папщIэ», «Прагэ хуит къызэращIыжам папщIэ» медалхэр.
♦1995 гъэм Урысейм и Президент Ельцин Борисрэ Украинэм и Iэтащхьэ Кучмэ Леонидрэ Сочэ Iэ щытрадзащ тенджыз ФIыцIэ флотыр зэрагуэшым теухуа зэгурыIуэныгъэм.
♦1661 гъэм къалъхуащ Урысейм и пщышхуэ (1676 - 1682 гъэхэм тетащ), Пётр Езанэм и къуэш нэхъыжь Фёдор III Алексей и къуэр.
♦1672 гъэм къалъхуащ япэ урысей император, къэралым зэхъуэкIыныгъэ куэд щезыгъэкIуэкIа Пётр Езанэр.
♦1949 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и дохутыр Чым Агнессэ.
♦1950 гъэм къалъхуащ урысей журналист цIэрыIуэ, тхакIуэ, УФ-м и Къэрал Думэм и депутату щыта Щекочихин Юрий.
♦1963 гъэм къалъхуащ США-м щыщ актёр цIэрыIуэ, режиссёр, сценарийхэр зытх Депп Джонни.
♦1964 гъэм къалъхуащ техникэ щIэныгъэхэм я доктор, АР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, ЩIДАА-м и член-корреспондент Блахъуэ Хьэзрэт.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, пIалъэ-пIалъэкIэрэ уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 21 - 22-рэ, жэщым градус 14 - 15 щыхъунущ.
Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1959.txt"
} |
Адыгэ лъэпкъым, литературэм хэщIыныгъэ игъуэтащ, и ныбжьыр илъэс 84-м иту дунейм ехыжащ усакIуэ Щоджэн Леонид (Аслъэнджэрий) Сулеймэн и къуэр
Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Куба къуажэ 1935 гъэм ар къыщалъхуащ. КъБКъУ-р къиуха иужь тхыдэмкIэ къуажэ школым щригъэджащ, 1974 гъэм щыщIэдзауэ пенсэм тIысыжыху КъБКъУ-м щылэжьащ.
Щоджэн Леонид и къалэмыр нэхъыбэу зыхуигъабзэу щытар сабийхэращ. Абы и къуажэхьхэмрэ усэ кIэщIхэмрэ удамыхьэхын плъэкIынутэкъым. КъытщIэхъуэ щIэблэм хьэл-щэн дахэ яхэлъу, хэкур, лъэпкъыр, анэдэлъхубзэр фIыуэ ялъагъуу гъэсэным теухуащ ахэр. И усэхэр къеджэгъуафIэу, зэгъэщIэгъуафIэу зэрыщытым къыхэкIыу цIыкIухэм зэIэпахыу зэрагъащIэрт. Ардыдэрщ абы и IэдакъэщIэкI куэдым композиторхэм макъамэ щIыхуатхари.
НэхъыжьыфIым и Iыхьлыхэмрэ и благъэхэмрэ дахуогузавэ, и ахърэтыр нэху Тхьэм ищI.
КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэ, «КъБР - Медиа» къэрал кIэзонэ IуэхущIапIэ, КъБР-м Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министерствэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "196.txt"
} |
Ставропольем фильм щытрах
«Снег над пустыней» художественнэ фильмыр Ставропольем щытрахынущ. Ар траухуэнущ Урысейм и дзэм къулыкъу щызыщIэ и щIалэхэм Сирием щекIуэкIа зауэ гуащIэм щызэрахьа лIыгъэм.
Сирием къыщыхъуа гузэвэгъуэр зи лъабжьэ лэжьыгъэм и режиссёр Масальский Сергей сценарийр итхын и пэкIэ, КъуэкIыпIэ Гъунэгъум къулыкъу щызыщIа офицерхэмрэ сэлэтхэмрэ яIущIащ.
- Кастингыр едгъэкIуэкIащ. Абы къыщыхэтхащ фильмым и теплъэгъуэхэм хэтыну хъыджэбзипщI. Роль нэхъыщхьэр зыхуэдгъэфащи щыIэщ, ауэ ар иджыри дгъэнэIуакъым, - жеIэ Масальский Сергей. – Мэкъуауэгъуэм и пэхэм лэжьыгъэм и тизерыр Будённовск щызгъэхьэзырынущ. Нефтекумскэ, Будённовскэ районхэм я пшахъуэщIхэмрэ тафэхэмрэ фильмыр щытетхынущ.
Ставропольем псори зэхэту махуиплIкIэ лэжьыгъэр щекIуэкIыну яубзыхуащ. Фильмыр тезыхынур Голландием и оператор, Ставрополь и кинематографистым и сценарийр зигу ирихьа Хаускамп Энтонищ.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1960.txt"
} |
СабийгъэгуфIэ
Щхьэлыкъуэ къуажэм дэт курыт еджапIэ №1-м къегъэщIылIауэ лажьэ сабий садым и гъэсэнхэм гъэмахуэр кърагъэблэгъащ. Сабийхэр хъумэным и махуэр абыхэм хуагъэдэхащ я гъэсакIуэхэм. Махуэр пщэдджыжь зарядкэкIэ къыщIадзащ, къэфащ. НыбжьыщIэхэр гъэмахуэм, сабиигъуэм теухуа усэхэм къеджащ, уэрэдхэр жаIащ. Мел зэмыфэгъухэмкIэ асфальтым тращIыхьащ дыгъэ, лэгъупыкъу, удз гъэгъа сурэтхэр. ЦIыкIухэм шар зэмыфэгъухэр ягъэлъэтащ.
Гъуэт Синэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1961.txt"
} |
Гупсысэм псалъэхэр екIуу тезышэ
Къаныкъуэ Заринэ СэIэдулэ и пхъур Бахъсэн районым щыщ Къызбрун III (Дыгулыбгъуей) къуажэм 1969 гъэм къыщалъхуащ. 1986 гъэм къуажэ школыр, 1991 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и филологие факультетыр къиухащ. «Адыгэ псалъэ» газетым и корреспонденту, «Iуащхьэмахуэ» журналым и къудамэм и унафэщIу лэжьащ, 2006 гъэм къыщыщIэдзауэ «Горянка» газетым и редактор нэхъыщхьэщ.
Заринэ сабийхэми балигъхэми адыгэбзэ дахэкIэ яхуотхэ. И усэхэр щызэхуэхьэса тхылъих къыдэкIащ: «ГъуэрыгъуапщкIуэ» (1994), «Уафэ щыгъэ» (1998), «Уэрэ сэрэ» (2008), «Тонкие связи» (2010), «Адыгэ хьэблэ» (2012), «Круговорот» (2017). Апхуэдэу нобэрей гъащIэм пэджэж пьесэ гъэщIэгъуэнхэри етх.
Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэтщ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и бзылъхугъэхэм я «Жан» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и къызэгъэпэщакIуэщ икIи и унафэщIщ. «Круговорот поэзии» и фIэщыгъэу илъэс куэд лъандэрэ лажьэ литературэ Iуэхум и зэхэублакIуэщ. Абы хыхьэу къызэрагъэпэщ «Адыгэ усэ пшыхь. Гъэм и теплъэгъуэхэр», «Чегет усэ дыкъыщоджэ», «Усыгъэр - гуэл Iуфэм» зэIущIэ гъэщIэгъуэнхэр, илъэс къэс ирагъэкIуэкI «Рифмы на Рице» абхъаз-адыгэ литературэ фестивалыр (Абхъаз Республикэ).
Заринэ къызыхэкIа интеллигент унагъуэм хуэфащэ дыдэщ. Зоотехникыу еджа и адэр, литературэм дихьэхри, журналист хъуат, «Путь к коммунизму» район газетым и редактор нэхъыщхьэу щытащ. «Ленинград къикIа хъыджэбз» зыфIища и романыр урысыбзэкIи (Москва, «Детская литература» тхылъ тедзапIэ, 1974 гъэ) адыгэбзэкIи (Налшык, «Эльбрус» тхылъ тедзапIэ, 1971 гъэ) къыдэкIащ. Тхыдэм дихьэхыу щыта и дэлъху Нурхьэлий и псэ къабзэр Абхъазым и хуитыныгъэм щIитащ. Ара къыщIэкIынщ Заринэ и гур а республикэм щIыхуэмыгъуэр. И дэлъху етIуанэр адэжь лъапсэм исщ. Шыпхъуищ иIэщи, тIур егъэджакIуэщ, ещанэр журналисту «Адыгэ псалъэ» газетым щылэжьащ. ЖыпIэнурамэ, гъащIэм лъэ быдэкIэ хэува лъэпкъ цIыху ягъэсащ быным я гуфIэгъуэр къэзылэжьа, я гузэвэгъуэр зышэча СэIэдулэрэ Iэминатрэ - жэнэтыр унапIэ Тхьэм яхуищI!
Заринэ литературэми журналистикэми щызыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэр мащIэкъым. Ар мызэ-мытIэу щытекIуащ урысейпсо зэпеуэхэм, Москваи нэгъуэщI къалэхэми къыщызэрагъэпэщ семинархэм, зэIущIэхэм хэтащ. 2004 гъэм Урысей Федерацэм ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм и стипендие къихьауэ щытащ. Къаныкъуэр КъБР-м щIыхь зиIэ и журналистщ.
* * *
Сэ, IуэрыIуэтэж мыхъуу, фIы дыдэу сыщыгъуазэщ тхакIуэ Нало Заур Къаныкъуэ Заринэ и гуащIэр илъытэу, абы пщIэ хуищIу зэрыщытам. Сыт хуэдэ IуэхукIэ нэхъыжьыфIым и деж сыщIэмыхьами, зэи къанэртэкъым Заринэ и гугъу имыщIу, и IэдакъэщIэкIхэм къысхутемыпсэлъыхьу. Адыгэбзэр зыгъэIу дэтхэнэри и нэмрэ и псэмрэ хуихьырт Заур, ауэ къыхигъэщхьэхукI закъуэтIакъуэм Заринэ ящыщт. Зыбжанэри тетхыхьащ Налор Заринэ и гуащIэм, и тхылъми пэублэ псалъэ хуитхыгъащ. Ар щыгъупщакъым езы Зарини: Налор псэуху гулъытэншэ ищIакъым. Псалъэм папщIэ, абы къыдигъэкIыжащ Заур и новеллэхэр зэрыт «Къру закъуэ» тхылъыр. Дунейм ехыжа иужь, абы и фэеплъу хузэфIэкIари мащIэкъым. «Бадзэуэгъуэр Нало Заур и мазэщ» фIищауэ илъэс къэс а мазэм къриубыдэу тхакIуэм и IэдакъэщIэкIхэр интернетым щы-
тредзэ. ЩхьэусыгъуэкIэрэ Заур и щхьэгъусэ Нусэ лъогъуазэ, зыхуэфI-зыхуэныкъуэхэр зрегъащIэ.
Зэлэжьэгъухэм яку зэгурыIуэ, зэхуэгъэкIуатэ, творческэ зэпыщIэныгъэ дэлъыныр ехъулIэныгъэм и хэкIыпIэщ, жысIэкIэ зыми щIэ гуэр къыхузэIусхыну къыщIэкIынкъым. Къаныкъуэмрэ «Iуащхьэмахуэ» журналым и редактор нэхъыщхьэу щыта тхакIуэ, драматург IутIыж Борисрэ илъэс зыбжанэкIэ зэдэлэжьащ пщIэ зэхуащIу, зым и IэдакъэщIэкIым адрейр щыгуфIыкIыу. Абы и щыхьэтщ Заринэ и «Уэрэ сэрэ» усэ тхылъым Борис хуищIауэ щыта пэублэ псалъэр. «Усэрэ усакIуэрэ мы дунейм тетыхункIэ цIыхухэр иризэдэуэну къыщIэкIынущ мыбы: Поэзием и бзэм дежкIэ нэхъыщхьэр гурыIуэгъуафIэу щытыныра, хьэмэрэ удэзыхьэх гъэпсыкIэ иIэныра?.. ЦIыхум я нэхъыбэм задэзыщIыну хуейр, дауи, япэм теIэбэнущ… - щитхащ Борис тхыгъэм. - Сэ къызэрысщыхъумкIэ, Поэзие къызэрагъэщI бзэ гъэпсыкIэр ар къызыхащIыкI гурыщIэхэм ещхьыжу щытын хуейщ… УмыщIэххэу къыпщIихуа акъужь гуапэ. Зи кIапэр къыпхуэмыгъуэтыж пщIыхьэпIэ дахэ. НэкъыфIэщIу къэунэхурэ, а къызэрыунэхуам ещхьыркъэпсу, зэуэ бзэжых тхьэIухуд гъуэбжэгъуэщ. Уи гур зыщIэхъуэпсу зэи узылъэмыIэс нэхунэ телъыджэ… Мис апхуэдэ зыгуэрхэщ Поэзием и хъуаскIэр цIыхупсэм «къыщыпIэнкIыным» щхьэусыгъуэ дахэ хуэхъур… Апхуэдэ гурыщIэр дауэ бзэм и къарукIэ къызэрыбгъэлъэгъуэнур? Алыфбейм иратхэ щапхъэхэм ещхьу, «ущызэкIэщIэплърэ» къызэрыгуэкI дыдэу мытхэ усакIуэм бзэр къыхуэмыгъэIурыщIэу, и зэфIэкIыр абы хуримыкъуу къыщытщыхъу куэдрэ къытхуохуэ дэ. ИкIи ардыдэмкIэ зыщыдогъауэ. ЩыIэу къыщIэкIынщ, дауи, апхуэдэ гуэрхэри: я усэхэм зэрыщымытыфэ къытрагъэуэн мурадкIэ, е зэрыхуэмыIэрыхуэм къыхэкIыу бзэр нэхъ зэхэтхъуауэ, зэблэшауэ къэзыгъэсэбэпхэр. АтIэми, гурыщIэм я нэхъ «зэхэIуэнтIар» къыщыбгъэлъагъуэм дежи, «бзэм и лъынтхуэхэр» къэнэн хуейщ «зэпычыпIи» гупсысэр зэрымыкIуэфын «зэрыдзапIи» имыIэу (лингвистхэр «языковой вывихкIэ» йоджэ апхуэдэм)… Мы дызытепсэлъыхь усэхэм къыхагъуэтэну си фIэщ хъуркъым ди бзэм апхуэдэ «лей къыщытехьауэ» зы сатыри. Ахэр зытхам хъарзынэу къехъулIауэ сэ къызолъытэ и гурыщIэ, гупсысэ гъэщIэгъуэнхэм псалъэхэр IэкIуэлъакIуэу тришэныр…
«Зыгуэр жысIэну къысщогъупщэ,
Пщэдей псалъэншэм къыспекIухь.
Гухэлъ щхьэхуещэхэм я ныбжьым
Гупсысэ кIапэхэр яшыхь.
Зыгуэр аргуэру къызогъанэ,
Гурыщхъуэ лейр IэщIыб схуэмыщI.
Пщэдейм хузохьыр си «итIанэр»,
ИтIани нобэм сремыщхь…»
Куэд щIащ Къаныкъуэ Заринэ ди Поэзием хэлъхьэныгъэфIхэр хуищIын зэрыщIидзэрэ, тхылъи къыдэкIахэщ, - къыпещэ адэкIэ IутIыжым, Заринэ и творчествэм хуэфэщэн уасэ хуигъэуву. - Ди литературэм къыщыхъу-къыщыщIэхэр къызыфIэIуэху, абыхэм набдзэгубдзаплъэу кIэлъыплъ, убгъуауэ тетхыхь гуэрхэр, япэм ещхьу, щыIэжамэ, шэч хэмылъу, нэхъри наIуэ икIи IупщI хъуну къыщIэкIынт щIэщыгъуэу гупсысэ, щIэщыгъуэу тхэ, дунейпсо Поэзием куууэ хэзыщIыкI, адыгэбзэр екIуу зыгъэшэрашэ усакIуэ ди литературэм къыщIэхъуауэ зыкъом лъандэрэ зэрыхэтыр».
УсакIуэм, тхакIуэм и дежкIэ мыхьэнэ ин иIэщ и IэдакъэщIэкIхэр нэгъуэщIыбзэкIэ зэрадзэкIыным. Апхуэдэ къайхъулIамэ, къызыхэкIа лъэпкъым и мызакъуэу, нэгъуэщIхэми абы и гуащIэр къалъытауэ, пщIэ хуащIауэ убж хъунущ. Заринэ и усэхэм щыщ куэд урысыбзэм иригъэзэгъащ зэдзэкIакIуэ Iэзэ Яропольский Георгий, IэщIагъэлI куэд щыхьэт зэрытехъуэщ, езы Зарини къызэрилъытэщи, фIы дыдэу. «Усэ тхылъым ит тхыгъэхэр щызэздзэкIым сэ згъэнэхъэпар псэ гурыгъуазэкIэ абыхэм сриплъэу урысыбзэ фащэ екIу ящыстIэгъэнырщ, - щыжиIауэ щытащ Яропольскэм Къаныкъуэм и гуащIэм триухуа «Не там, где тонко, рвётся» тхыгъэ купщIафIэм. - Абы щыгъуэми, тхыгъэм наIуэу къыхэщ гупсысэмрэ абы щIэгъэпщкIуамрэ языхэзми зыдезмыгъэшэхыу я зэхуаку зыщызэтесIыгъэныр Iэмал зимыIэу згъэуват. КъызэхъулIарэ къызэмыхъулIарэ зыхужыIэнур усэпсэр зыхэзыщIэ щIэджыкIакIуэхэмрэ абы телажьэ IэщIагъэлIхэмрэщ. Сэ си зэдзэкIыкIэр актёр IэщIагъэм зыкъомкIэ изогъэщхь. Ар зы лъэныкъуэкIэ нэхъ тыншщ (зы хуитыныгъэ гуэр къызэрыуитым папщIэ), зы лъэныкъуэкIи нэхъ гугъущ (зи лэжьыгъэ уелэжь цIыхум и гъащIэм ухэпсэукIын, и псэр зыхэпщIэн хуейщи). Пэжыр жыпIэмэ, мы тхылъым сэ Къаныкъуэ Заринэ и ролыр щызгъэзэщIащ, сызыхуэсакъыу схъумэхэм языхэзу ар щIыщытри арагъэнщ». Зэман зэхуэмыдэхэм къыдэкIа тхылъ щхьэхуэ къэс хужаIа псалъэхэм хэтщ езы Зарини и IэдакъэщIэкIхэми ехьэлIа гупсысэ пэжхэр, куэдым гу зылъатэу мащIэ фIэкIа зытемыпсэлъыхьахэри, нэгъуэщI зыгуэрым къыхуэмылъэгъуахэри. Арагъэнщ усакIуэм и гуащIэр джыныр, абы куууэ тетхыхьыныр зэманым къигъэув Iуэху щхьэпэу щIыщытыр.
«Адыгэхэм яIэщ зы нэщэнэ: уэ зыщIэлъ уэшхышхуэ къешха иужь щIылъэм къыщыбгъуэтыфыну уафэ щыгъэхэм ящыщ зы нэхъ мыхъуми къэзыгъуэтым абы насыпышхуэ къыхуихьынущ, - щетх филологие щIэныгъэхэм я доктор ЩоджэнцIыкIу Нинэ «Уафэ щыгъэ» тхылъым хуищIа пэублэ псалъэм. - И усэхэр щызэхуэхьэса тхылъым апхуэдэу фIэзыща адыгэ усакIуэ Къаныкъуэ Заринэ и IэдакъэщIэкIхэр си дежкIэ насыпым и хэкIыпIэ уафэ щыгъэхэщ».
ЩоджэнцIыкIур набдзэгубдзаплъэу пхоплъ Заринэ и усэхэм. Абы къыщыгъэлъэгъуа лIыхъужьым дуней псор къызэрегъэщIылIари, гъащIэм къыщыхъухэр абы къызэрыхущытри (езыр зэрыхущытыркъым игъэнэхъапэр), жэщым, уэшхым, таурыхъым къещхь куэд зэрыхилъагъуэри, вагъуэхэр къызэрыхуэзэшри, здэщыIэр бжьыхьэм зэрищIэри фIэгъэщIэгъуэнщ.
Нинэ и гупсысэм пищэми ярейщ филологие щIэныгъэхэм я доктор, Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и къэрал институтым адыгэ литературэмкIэ и къудамэм и щIэныгъэрылажьэ нэхъыжь Къэжэр Иннэ. «Заринэ куэдрэ къегъэсэбэп дуней щыIэцIэмрэ, къэщIэн глаголымрэ. Лирикэ лIыхъужьу усэхэм къыхэщ бзылъхугъэм упщIэ и куэдщ, абы и жэуапхэри и IэдакъэщIэкIхэм къызэрыщигъэлъэгъуэным иужь итщ. Езым и псэм и зэхэлъыкIэр нэхъ куууэ къыгурыIуэжыныр, дунейр зыхищIэныр Iэмал зимыIэу япэщIыкIэ къыпщыхъуми, абыхэм я жэуапыр пшагъуэм хэгъэпщкIуащ, я кIапэлъапэм дытригъаплъэ къудейщ. Заринэ и творческэ къэлъыхъуэныгъэхэр гъэщIэгъуэнщ, къигъэщI гупсысэр къызэрыгуэкIыу къиIуэтэнымрэ къызэрыгуэкIыу къыпщыхъур усэбзэ къулейкIэ цIыхухэм я деж нихьэсынымрэ Заринэ нэхъ пэгъунэгъур зэманым къигъэлъэгъуэну къыщIэкIынщ», - етх Иннэ.
Бзылъхугъэ усакIуэпсэр нэхъыфIу зыхэзыщIэнур езым хуэдэ бзылъхугъэ къыщIэкIынщ, жыпIэу урегъэгупсыс, Гугъуэт Заремэ Заринэ и усэхэр зэрызэпкърихым укIэлъыплъа иужь. Гу зылъимытэрэ Iуэху щхьэхуэр къызэрыгъэлъэгъуа псалъэу имыгъэщIагъуэрэ къэмынэу IэдакъэщIэкIхэм пхоплъ, хилъагъуэхэри абыхэм зрагъэгупсысхэри егъэнаIуэ.
«ЗыкъыхэзыгъэщхьэхукIыу, зи фIэщыгъэр тхылъым и гущIыIум къытехута усэр къыщIэзгъэщри япэу сыкъеджащ, - щетх Заремэ 2012 гъэм къыдэкIа «Адыгэ хьэблэ» усэ тхылъым теухуа и тхыгъэм.
Адыгэ хьэблэ, адыгэ къуажэ,
Псыкъуийм къищ вагъуэр щыгъэу зыгъажэ.
Нэхъыби сыкъемыджэ щIыкIэ усакIуэпсэм къыпкърыкIа псалъэхэм сызэщIаубыдащ. Адыгэ гупсысэр дунейм, щIыуэпсым хьэлэмэт гуэру ирипхащ. «Вагъуэр щыгъэу зыгъажэ» псалъэхэр нэм къыфIонэ, адэкIэ къыкIэлъыкIуэну сатырхэм а псалъищым ухуагъэхьэзыр хуэдэщ. ЗыхыбощIэ къуажэр, хьэблэр гупсысэ хьэлъэ гуэрым зэриIыгъыр. Абы щIэлъ гухэщIыр адэкIэ гурыIуэгъуэ мэхъу:
Мыжеижыфу къэна уи щэхухэм
Хы Iуфэ жыжьэр ноби я плъапIэщ
НахуапIэу плъагъум хуощIыр гукъанэ,
Къэнар уи мащIэщ, къэкIуэжыр хамэ?
Мэщатэ уафэр, вагъуэр щибжыжкIэ,
Сыныжь кIуэдыжхэм ящIэткъым зы жьи.
Жэуап къалъыхъуэу, псэхэрзэрощIэ.
ЩIым къыхуеплъыхыу, жэщ уафэм хопщIэ».
Зи гъэпсыкIэкIи, ящIэлъ гупсысэкIи зэпэща усэхэр и мащIэкъым Къаныкъуэм. Ахэр адыгэ литературэм и хэлъхьэныгъэ нэсщ. Зи гуащIэр, зи лэжьыгъэр наIуэ къэхъуа усакIуэ бзылъхугъэм и творчествэм куэд тратхыхьащ, дяпэкIи нэхъыбэж зэрыхужаIэнум шэч хэлъкъым. Уи гъуэгу кIыхь хъуну, Заринэ!
ИСТЭПАН Залинэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1962.txt"
} |
ПСЭРЫУСЭ
«Жан» литературэ хасэм хэтхэр (унафэщIыр Къаныкъуэ Заринэщ).
Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.
УсакIуэм я нэхъыбэр акъыл логикэкIэ мэгупсысэ, куууэ къыщIагъалъэрэ нэрылъагъухэри къызэрагъэдзэкIыу. УсакIуэм я нэхъ мащIэр псэ логикэкIэ мэгупсысэ, нэхъ куужу къыщIагъалъэрэ нэрымылъагъури уи гум кърагъащтэу. Мы иужьрейхэращ сэ нэхъ къэгъэщIакIуэ щыпкъэу къысщыхъур. Япэрейхэр щхьэрыусэмэ, етIуанэрейхэр псэрыусэщ. Нэхъ зэхэщIыкIыгъуэу тхужыIэну пIэрэ? Мы дунейм къамышы щытемыта зэманым щIопщыр япэу зыщIа фащIэр къэгъэщIакIуэт; япэрей щIопщым къытрищIыкIыу къамышы зыщIар къэгъэщIакIуэкъым - зыпэщIыжакIуэщ. Япэрейр авторщ, етIуанэрейр имитаторщ. Иджы усыгъэм къэдгъэзэжмэ, мы псалъэм къикIын хуейращ: щхьэрыусэу зэхалъхьам хуэдэ дапщэ ухуейми пхуэгъэпсынущ, ауэ авторым и псэр зыхилъхьа усэм хуэдэ пхуэусынукъым, минрэ зыпэпщIыжами. Сэ псэкIэ сызэджэр гум зэрихуэ лъыракъым, сэ псэ зыфIэсщыр Тхьэм къыуита зэхэщIыкIыращи, мы дунейм цIыхупсэу тет миллиардиблым зэщхьыркъабзэу тIу яхэткъым - дэтхэнэри зейм ещхьыжу апхуэдэщ. Мы си пащхьэм илъ «Адыгэ хьэблэр» зи гуащIэ Къаныкъуэ Заринэ псэрыусэ дыдэщ, нобэрей ди усакIуэ нэхъыфIхэм яхуэдэу. Заринэ и псэр адыгэ пшынэм ещхьщ, дэтхэнэ пшынэ Iэпэм еIусэми, зэIусам и макъыр къэIуу - зы Iэпэм уэрэд къегъэIу, адрейм - усэ, къыкIэлъыкIуэм театрыр къегъэуш, адэкIэ Iэбэмэ - кIэзетыр къегъэпсалъэ, аргуэру Iэбэмэ - журналыр егъэгупсысэ... Адрей Iэпэхэми щхьэж и макъ иIэжщ. И кIэщIыращи, псэр къулеймэ, Iэм и зэфIэкIри мэбагъуэ. Сэ нобэ нывжесIэн хуэдэу сщIэркъым дяпэкIэ Заринэ и пшынэ Iэпэхэм ягъэIункIэ хъуну Iуэхугъуэ щхьэпэхэр, ауэ шэч къытесхьэркъым философием, тхыдэм, литературэм, музыкэм, живописым, театрым, къафэм, щIэныгъэм, публицистикэм, къинэмыщIхэм я лъэныкъуэкIэ абы игъуэта зэхэщIыкIыр, щэнхабзэр лъэпкъым зэрыхуигъэлэжьэфынум. Уи пшынэ Iэпэхэм уащымысхь, ди шыпхъу цIыкIу!
Щхьэпэу адыгэм хуищIэ псори лъапIэщ лъэпкъым дежкIэ, ауэ сэ иджыпсту абыхэм къахэсIэтыкIыр Заринэ литературэм щиIэ зэфIэкIыращ. Псалъэр гъэлэжьэнымкIэ абы Тхьэм кърита лъэкIыныгъэр дигъэлъэгъуащ «ГъуэрыгъуапщкIуэ» (1994), «Уафэ щыгъэ» (1998), «Уэрэ сэрэ» (2008) тхылъхэм дыкъыщеджам, «Нагъуэ и унагъуэр» (2008) спектаклым дыщеплъам. Дэ мыбыхэм дызэрагъэгугъар «Адыгэ хьэблэм» дегъэлъагъупэ.
Купкъыр къокIыкIри, щIым къыхож аби, тхьэмпэ къыпокIэ - ар удзи, гъурци, жыги? КъыдокIуэтейри, мэгъагъэ - ар нэрылъагъуу жыгщ. КъапщIийхэр полъэлъыжри, пхъэщхьэмыщхьэ къыпокIэ, мэз къызэрыкIын жылэхэр я курылъу - ар жыг балигъщ. УсакIуэр къэкIыгъэм хуэбгъадэ хъунумэ - Къаныкъуэ Заринэ къэгъэщIакIуэ балигъщ, и усэхэм икъугъэрэ щIэблэкIи уащыгугъ хъун хуэдэу: я гурыщIэ кууагъкIи, я гупсысэ къарукIи, авторыр зыгъэгузавэ IуэхугъуэхэмкIи, дыгъуасэм зэрыплъэкIи, пщэдейм зэрыщыгугъкIи, и IэзагъэкIи, и адыгэбзэкIи мы Iэрамэхэр йолъэгэкI ипэрейхэм. Абы зыIэпигъэхуркъым нэхъапэм иришэжьа тематикэр, ауэ абы лъэщу къыбгъуроувэ лъэпкъыр зыгъэпIейтей упщIэхэр: адыгэм къытпэщылъ гужьеигъуэхэр, тхыдэм лъэщыгъэкIэ хэхэс ищIа ди къуэшхэр хамэм зэрахэшыпсыхьыр, ди благъэ абхъазхэм я дунейр, къинэмыщIхэри. А проблемэшхуэр зыгъэв ди шыпхъу гу пцIанэм и унагъуэри игу ихуркъым.
ЗыгъэщIагъуэ хэмыхьэу къызэрыгуэкI дыдэу гъэпсащ сатырипщI фIэкIа мыхъу «Си анэ» усэ цIыкIур. ПщэфIапIэм е пырхъуэм щекIуэкI псалъэмакъ хуэдэу укъоджэ, купщIэр куууи къыщIимыгъалъэу, лъагащэуи имыIэту - итIани, уи гум къошхыдыкI, уи псэр усакIуэм игъэпсалъэ нэхъей. Зэанэзэпхъум я уэршэрыр бгъэлъатэмэ, Бэчмырзэ имыдам хуэдэу, «пшыналъэр мэбгъунлъэ». Усыгъэм и эстетикэр къызыгурыIуэ пхъур лъэпэрэпакъым:
Къызбгъэдэс, си анэ, къызбгъэдэс,
Уи Iэгу щабэр къыслъэгъэIэс,
Сабиигъуэм сыхыумыгъэкI,
Сыхуэмей фIыгъуэ лъэпкъ абы фIэкI.
Сэ гукъеуэу сиIар мэбзэхыж,
КъызэпхьэлIэр сымыщIэу сохъуж.
КъызощIэж сыщисар уэ уи куэщI.
ЩымыIэну зэман ар зыпэсщI...
Къызбгъэдэс, си анэ, къызбгъэдэс,
Балиейм и жьауэм дыщIэгъэс.
Зи псэр Абхъазым и щхьэхуитыныгъэм щIэзыта и дэлъху Нурхьэлий хуиуса уэрэдитIри апхуэдэу Iэдэбу, гурыщIэ пэжу зэхэлъщ, афэрым яхуэфащэу.
Гупсысэ Iэджэми ягъэхьэщыкъ усакIуэм и гур, сэ абыхэм сахэщыпыхьу языр къахэсIэтыкIыфынукъым, си зэхуэдэщи, Зарини а гупсысэхэм дызэрыщIигъэдэIур езым и гурыщIэ защIэущ. Арагъэнущ я дэтхэнэри ди зэхэщIыкIым благъэ хуэзыщIыр.
Арами, сыкъытеувыIэпхъэу къызолъытэ лъэпкъ Iуэхум ар зэригъэпIейтейм. Лъэпкъым къыпэплъэ дунейм и гуащIагъэм еплъытмэ, лъагъуныгъэри, ныбжьэгъугъэри, лэжьыгъэри, мылъкури, узыншагъэри жьгъей щIохъукI. Абы ирогузавэ пщэдейм плъэ дэтхэнэри - политикхэри, щIэныгъэлIхэри, бизнесменхэри, тхакIуэхэри, адэ-анэхэри, лэжьакIуэхэри... Мы тхылъым цIэ езыта усэми псэ хуэхъуар а гуныкъуэгъуэращ: адыгэ хьэблэр лъэпкъым и нагъыщэу аращ.
Адыгэ хьэблэ, адыгэ къуажэ,
Псыкъуийм къищ вагъуэр щыгъэу зыгъажэ.
Мыжеижыфу къэна уи щихухэм
Хы Iуфэ жыжьэр ноби я плъапIэщ.
НахуапIэу плъагъум хуощIыр гукъанэ,
Къэнар уи мащIэщ, къэкIуэжыр хамэ?
... Псыкъуий лъащIэхухэм нэса гукъанэр
Къыхуибгъэхъуами, ефэфкъым нанэ.
Нэхущым ипэ хоушэ дадэ.
Адыгэ къуажэ, ухэмыкIуадэ!
Усэр зэрыщIибгъэж псалъэр Тхьэм хуэгъэза лъэIу хуэдэу зыхызощIэ. ИтIани усэбзэ телъыджэм и псэлъафэ шэрыуэхэм, псантхуэм ентIэIуурэ, гур ягъэуз, гупсысэр къызэщагъэу, псэр ягъэгулэз аби, темэм и мыхьэнэр ягъэлъагэ.
Мыр «Си лъахэ» гуэрэным хигъэува пэтми, и купщIэмкIэ «ИстамбылакIуэ» IэрамэмкIэ маплъэ.
«ИстамбылакIуэр» лирикэу гъэпса поэмэщ, кIуэцIрыкI фабулэр хэмыукъуэдиярэ макъамэ зыбжанэу зэхэгъэпсауэ. Мыр икIи гъыбзэщ, Хэкум ирахуа лъэпкъым я гуауэр игъейуэ, икIи джакIуэщ, дунейм тепхъауэ кIуэдыж адыгэр Хэкум къриджэжу. Ар авторым и макъкIэ Iуми, лъэпкъым ди зэхуэдэ лъэIущ. А лъэIум, мызэрэ-мытIэу къытригъэзэжурэ, къыхохъуэпскIыкI поэмэр къызэрыхидзэ усакIуэпсэр, нэхъри игъэкъарууэ:
Си Iэпкълъэпкъым лъы щIэтыхукIэ,
Сэ сыадыгэнущ.
Сыадыгэу сыпсэухукIэ,
Сэ ар сигу къеуэнущ.
Апхуэдэ псалъэр къизымыдзэни щыIэу пIэрэ?
Ещанэ усэ гупым Заринэ фIищащ «Гупсэхугъуэ». Абы къикIыр сыт? Псалъалъэм «гум зыщигъэпсэхуращ», - жи. Пэжу си гугъэщ. Ауэ си гум соупщIыжри, идэркъым: «сэ зыщызгъэпсэхур усэфI дыдэ дыкъыщеджэ-дыщедаIуэращ!» - жи. Iэнкуну напэкIуэцIыр зызогъэдзэкIри, япэ ит усэм дзыхьмыщIу къеджэн щIызодзэ, сытогушхуэжри сатырийри къызощыпыкI:
ГъащIэ къэгъэщIыным сыт пыщIа?
НапIэ дэхьеигъуэр мэхъур пIалъэ...
Псэр зыгъэнщI насып зыхэзыщIар
СыткIэ хуэныкъуэж зыгуэр и псалъэ?
Сэ псэзэпылъхьэпIэ къызолъыхъуэ,
ЗызгъэнщIыну зэи къысщымыхъуу.
Гухэлъ сызыунэщIхэм сыхуэныкъуэщ,
Псалъэм языхэзыр - псы Iубыгъуэщ...
Сатыр къэс къыкIэлъыкIуэр узыпэмыплъа щIэщыгъуэу къыпыувэурэ узыIэпешэри, умыщIэххэу, псынэпс Iубыгъуэ къыпIурекIэж, «уэхухуху!» - жыуигъэIэу. Аракъэ гупсэхугъуэ хъужыр! Псэр апхуэдэ щытыкIэм щихуэ напIэзыпIэхэр къэубыдын, ар зэхэщIыкIым къызэрыщыхъур бэяну зыгъэнаIуэ псэлъафэхэр, метафорэ жанхэр къэгъуэтын хуейщ. Нэхъ гугъужу къыщIэкIынщ апхуэдэ усэр шэчыгъуей мыхъуу гъэкIэщIыныр. Мардэмрэ щапхъэмрэ гъуазджэм и псэщ.
Мы ещанэрей Iэрамэм хыхьа усэ плIыщIри телъыджэ защIэщ, усакIуэм и псэр къигъаплъэрэ езыри кIэлъыплъыжу. Ар зыми емыщхьрэ езыр зэщхьыж къудейуэ къигъэщIа Заринэпсэщ. «Псэм и налкъутхэм» нэхъ IупщIыж къащI зи гугъу сщIыр. Ар сытым хуэусэми, уэри дэри дигъэлъагъур а зыхуэусэ дыдэракъым, атIэ а зыхуэусэр езым и псэм къызэрищтар ди нэгу къыщIигъэувэу, ди зэхэщIыкIми апхуэдэу къригъащтэу аращ.
Сэ мы тхылъым си фIэщ ищIащ зы хьэкъ: Заринэ дэрэ зы хъарбыз дыупщIатэмэ, IэфI къызэрытIурыхъуэнур зэмыщхьущ; мо балией гъэгъам дызэдеплъми, зэхуэмыдэущ зэрытфIэдэхэнур; зы розэ дызэдепэмми, и мэр зэщхьэщыкIыущ къызэрытщIихьэнур; шыгъури зэмыщхьу шыугъэнущ, шыбжийри зэмыщхьу сырынущ... Аращ сэ Къаныкъуэ Заринэ псэрыусэ щIыфIэсщыр.
Мы тхылъым усыгъэхэм къакIэлъыкIуэу гуэдзащ «Нагъуэ и унагъуэ» драмэри.
- Сыт зэмылъэпкъэгъухэр щIызэгуилъхьар? - жызыIэни щыIэнкIэ мэхъу.
Драмэмрэ усэмрэ гъэпсыкIэкIэ зэмылъэпкъэгъуми, псэкIэ зэблагъэщ. Зы авторым и тхыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр (усэхэр, пьесэхэр, прозэхэр, эссехэр, щIэныгъэ статьяхэр…) зы тхылъу зэхэлъыныр куэд щIауэ культурэм игъэдурыса хабзэщ. Езы драмэр къапщтэмэ, абы дызригъэгупсыс конфликтыр иджырей унагъуэ Iэджэр зыгъэгузавэ дауэщи, театреплъхэр егъэгумэщI, и сюжетри гурыIуэгъуэрэ гъэщIэгъуэну ухуащи удехьэх. 2008 гъэм сентябрым и 17 пщыхьэщхьэу ар спектаклу щагъэлъагъуэм ЩоджэнцIыкIум и театрым сэри сыщIэсати, Iупхъуэр зэрызэхуащIыжу, залым щIэмыхуэж театреплъхэр дызэщIэтаджэщ аби, IэгуауэшхуэкIэ дыщыгуфIыкIащ Заринэ и ехъулIэныгъэм. Апхуэдэ тхыгъэхэр, спектаклхэр сэбэпышхуэ мэхъу конфликт зэхэлъэхъам и хэкIыпIэр къэбгъуэтынымкIэ.
Заринэ ныбжькIи псэкIи усакIуэщIэщ, лъэкIыныгъэшхуэ зэриIэри, гурыщIэ-гупсысэ зэрихъумэри дигъэлъэгъуарэ куэдкIи дигъэгугъэу. И къалэмри жумартщ, и псэм хуэдэу. Абы и зэфIэкIым и ныбжь Iэджэри дяпэкIэщ къыщыкъуэкIынур, хьэлэмэтагъэмкIэ уагъэIэнкуну, уеблэмэ, укъагъащтэу. ГъащIэ кIыхь ухъу!
НАЛО Заур, КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ. 2010 гъэ
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1963.txt"
} |
Акробатикэм и пащтыхь гуащэт
Дуней псом тхуэнейрэ щытекIуа, Европэм щэнейрэ щынэхъыфIа, Урысей Федерацэм куэд дыдэрэ псоми щефIэкIа, спортым щIыхь зиIэ и мастер Кушу (Гуф) Светланэ «Акрабатикэм и пащтыхь гуащэкIэ» еджэрт блэкIа лIэщIыгъуэм и кIэухымрэ дызэрытым и пэщIэдзэмрэ. Абы и гъащIэ кIэщIыр вагъуэижым хуэдэт, зэуэ нуру къызэщIэблэрэ псынщIэу ужьыхыжу, икIи гъэнщIат зэхьэзэхуэ гуащIэхэмрэ зыгъэсэныгъэ хьэлъэхэмкIэ.
1973 гъэм щэкIуэгъуэм (ноябрым) и 10-м Кушу Светланэ къыщалъхуащ Адыгейм хыхьэ Уэчэпщуй къуажэм. И ныбжьыр илъэсий ирикъуатэкъым «Спартак» ДСО-м и Краснодар край советым спорт акробатикэм зыщыхуигъэсэн щыщIидзам. СССР-м спортымкIэ и мастер Стройнов Владимир занщIэу гу лъитащ адыгэ хъыджэбз IэмащIэ-лъэмащIэ цIыкIум Тхьэм къыбгъэдилъхьа зэфIэкI лъагэ зэриIэм икIи абы зегъэужьын зэрыхуейр псынщIэу къыгурыIуащ. И гъэсакIуэм и дэтхэнэ чэнджэщри ущиери Светланэ напIэзыпIэм зыхилъхьэрт, еш жыхуаIэри ищIэу къыпщыхъуртэкъым. Апхуэдэу Кушум и япэ ехъулIэныгъэхэм я лъабжьэ быдэр гъэтIылъа хъуащ.
Зэман дэкIри адыгэ пщащэм зи чэзу лъэбакъуэ лъэщыр ичащ – ар хыхьащ Урысейм щIыхь зиIэ и тренер Скрябинэ Иринэ и гуп телъыджэм. АдэкIэ къызэIуха хъуащ дызыхэт къэрал абрагъуэми дуней псоми я утыку нэхъ ин дыдэхэр.
Зыгъэсэныгъэ кIыхьхэмрэ зэхьэзэхуэ гуащIэхэмрэ закъыдигъахуэурэ Кушу Светланэ щIэныгъэ нэхъыщхьи зригъэгъуэтат. Физическэ щэнхабзэмкIэ Кубань къэрал академиер къэзыуха пщащэр зыхэта акробатикэмкIэ гуп зэпеуэм дуней псом къыщыпэлъэщын къыхэкIакъым 1995-2000 гъэхэм Польшэм, Китайм, Инджылызым щекIуэкIа зэхьэзэхуэхэм. Европэм и чемпионкэ щыхъуащ Польшэм (1995 гъэм), Германием (1997 гъэм), Португалием (2001 гъэм). КъищынэмыщIауэ ар щытекIуащ Финляндиемрэ Япониемрэ щыIа Дунейпсо джэгухэм.
«Урысейм спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер» цIэ лъапIэр япэу зыфIаща, дуней псом япэу щытекIуа адыгей бзылъхугъэр гуузу щыхэкIуэдащ Геленджик щIыпIэм щыIэ спорт базэм къыщыхъуа мафIэсым.
2008 гъэм фокIадэм (сентябрым) и 5-м къыдэкIа «Комсомольская правда» газетым къытехуа «Дунейпсо чемпионкэр хэкIуэдащ, и гъэсэныр къригъэлу» тхыгъэм дыкъыщоджэ: «Тенджызыр ялъагъуну ахэр хуабжьу щIэхъуэпсырт! АрщхьэкIэ – хунэсакъым. АкробатикэмкIэ дунейми Европэми я чемпионкэ, илъэс 35-рэ зи ныбжь тренер Кушу Светланэрэ и гъэсэн нэхъыфIу хъыджэбз цIыкIуищрэ Геленджик кIуат шыщхьэуIум (августым) и 31-м и пщыхьэщхьэм. Ахэр къыщызэтеувыIащ Урысей Федерацэм ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм и спорт базэм хиубыдэ, пхъэкIэ къищIыкIа унэ щхьэхуэ цIыкIум.
- ЗыдгъэпскIыну куэд щIауэ сыту дыщIэхъуэпсрэт, - гуфIэгъуэм зэрихьэрт нэгъабэ Европэм и чемпионкэ хъуахэу Саратов щыщ Марьинэ Аня, Краснодар къикIа Гофман Оля, Киров къалэр зи хэщIапIэ Головизнинэ Настя сымэ. АрщхьэкIэ зэуэ къызэрыкъуэха уафэгъуагъуэ шынагъуэхэр зыщIэт уэлбанэ иным апхуэдэ Iэмал къаритакъым. ЗэгурыIуащ нэхъ пасэу гъуэлъыжхэу, къызэрыушу пщэдджыжьым жьыуэ тенджызым кIуэну.
Махуэ псом гъуэгу тетахэр псынщIэу Iурихащ. Жэщыкум ахэр щыжей унэр мафIэм зэщIищтащ.
Хъыбар къазэрыIэрыхьэу, мафIэсгъэункIыфхэр, дакъикъибл нэхъ дэмыкIыу, псынщIэ дыдэу къэсащ. АрщхьэкIэ автомашинэ 16-р пэлъэщакъым унэр зэрыщыту щIэзыгъэна бзийхэм я гуащIагъым.
Пщэдджыжьым сыхьэтибгъуращ мафIэр щахуэгъэункIыфIар. Абы иужькIэщ къыщагъуэтыжар хьэдиплIыр: тренерымрэ и гъэсэнищымрэ. ЗэрыхуагъэфэщамкIэ, хъыджэбзитIыр, къэмыушыххэу, Iугъуэм итхьэлащ. Тренер Светланэрэ Настярэ зэшэкIауэ къыщIэкIыпIэ бжэм лъэбакъуитIкIэ фIэкIа пэмыжыжьэу щылът: и гъэсэнхэм я нэхъыщIэ дыдэр къипхъуатэри, Кушу зыкъричат, ауэ Iугъуэм зэуэ игъэмэхри, джэлащ...
- Ахэр Геленджик къэкIуат зыгъэсэныгъэхэм ипэ къихуэу загъэпсэхуну: фокIадэм и 29-м Шотландием кIуэнут дунейпсо чемпионатым зыкъыщагъэлъэгъуэну, - макъ ужьыхакIэ ерагъыу къыдрейшей Краснодар крайм Спорт акробатикэмкIэ и федерацэм и унафэщI Песок Лев.
ФIыуэ къэзыцIыхуу щытахэм зэрыжаIэмкIэ, Кушу Светланэ, и текIуэныгъэ къомым щхьэкIэ къэмынэу, цIыху хьэлэлт икIи къызэрыгуэкIт. Краснодар къалэм фэтэрыжь дыдэм щыпсэут, тренер-гъэсакIуэу сабий-ныбжьыщIэ спорт школым щылажьэрт. И гъусэу мафIэсым хэкIуэда хъыджэбзхэр и гъэсэн нэхъыфI дыдэхэрат. Зыми шэч къытрихьэртэкъым, мазэ дэкIмэ зэхэтыну дунейпсо чемпионатым ахэр зэрыщытекIуэнум.
… Кушу Светланэ къыщалъхуа Адыгейм и Теучэж щIыналъэм хыхьэ Уэчэпщей къуажэм щыщIалъхьэжащ адыгэ хабзэмрэ муслъымэн динымрэ тету. Iыхьлыхэмрэ благъэхэмрэ гуауэр даIэтыну цIыху куэд дыдэ абы кърихьэлIат.
P.S. Къэхъуам теухуауэ уголовнэ Iуэху къаIэтащ. ЗэкIэ зэрыхуагъэфащэмкIэ, мафIэсым щхьэусыгъуэ хуэхъуащ унэм щыблэ зэреуар».
Апхуэдэу гуузу къызэтекъутащ адыгэ акробат цIэрыIуэм и гъащIэ дахэр. АрщхьэкIэ ар Адыгейми Урысей Федерацэми я спорт тхыдэм къыхэнащ, нобэми IэфIу цIыхухэм ягу къагъэкIыж, и цIэкIэ зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэр къызэрагъэпэщурэ. КъищынэмыщIауэ, илъэс къэс йокIуэкI «Сердца четырёх» къэралпсо зэпеуэр. Ар и фэеплъщ Геленджик къыщыхъуа мафIэсым гуузу хэкIуэда тренер Кушу Светланэрэ абы и гъэсэн ныбжьыщIэхэу Марьинэ Аня, Гофман Оля, Головизнинэ Настя сымэ.
Светланэ и ехъулIэныгъэ инхэр щымыIэнкIэ хъунт 1983 гъэм абы и адэ-анэр пIалъэкIэ Краснодар мыIэпхъуатэмэ. Баязэтрэ Любэрэ а къалэм щылажьэрти, апхуэдэу ящIэн хуей хъуащ. Я хъыджэбзыр акробатикэмкIэ секцэм иратащ, еджэным къыщыдэхуэхэм и деж мыхьэулеин папщIэ. Хэт ищIэнт абы щыгъуэм, дунейпсо вагъуэм ар и къежьапIэу?!
Кушу Светланэ, Заляевэ Эльвирэ, Аракелян Еленэ сымэ зыхэт акробат гупым ехъулIэныгъэ куэд яIащ. Псом хуэмыдэу гукъинэжщ 1997 гъэм Инджылызыми Манчестер щIыпIэм щекIуэкIа дунейпсо чемпионатыр. Светланэ, Эльвирэ, Еленэ сымэ зэгъусэуи я закъуэуи дыщэ медалхэр япэ дыдэу апхуэдэ зэхьэзэхуэ иным щызыIэрагъэхьат, куэдым яфIэтелъыджэу. Абы щыгъуэм Уэчэпщуй къуажэм, Теучэж щIыналъэм, Адыгейм гуфIэгъуэрэ хъуэхъуу щаIэтар пхуэмыIуэтэжынщ.
Мазэ зыбжанэ дэкIри, а гупыр Финляндием и Лахти щIыпIэм кIуащ, Дунейпсо джэгухэм хэтыну. Аргуэрыжьти, зыри япэ кърагъэщакъым, я закъуэуи зэгъусэуи.
Насыпыр – уи лэжьыгъэмрэ IэщIагъэмкIэ цIыхухэм дэрэжэгъуэ щептым и дежщ. Ар зыхузэфIэкIыр куэд хъуркъым. А закъутIакъуэм ящыщщ щалъхуа щIыналъэми, къызыхэкIа лъэпкъми, щыпсэу къэралми я пщIэр лъагэу дунейпсо утыкум зыбжанэрэ щызыIэта, зи цIэр дыщэпскIэ спорт акробатикэм иратха Кушу Светланэ. И ахърэтыр нэху Алыхьым ищI!
Дунейм псом тхуэнейрэ щытекIуа, Европэм щэнейрэ щынэхъыфIа, Урысей Федерацэм куэд дыдэрэ псоми щефIэкIа, спортым щIыхь зиIэ и мастер Кушу Светланэ.
Японием щекIуэкIа Дунейпсо джэгухэм 2001гъэм щытекIуащ.
Инджылызым и Манчестер къалэм 1997 гъэм.
Урысейм щIыхь зиIэ и тренер Скрябинэ Иринэ и гъэсэнхэу Заляевэ Эльвирэ, Аракелян Еленэ, Кушу Светланэ сымэ 1997 гъэм щыIа Дунейпсо джэгухэм къащыпэлъэщын къахэкIакъым.
Жыласэ Заурбэч.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1964.txt"
} |
ЖыгыуIур къызыхэкIар
Зы къуажэ гуэрым зэлІзэфызу зы лІыжь цІыкІурэ зы фызыжь цІыкІурэ щыпсэурт. ЯІэ мы дуней щІыІум темыт жыхуаІэм хуэдэу, тхьэмыщкІэ дыдэу псэухэрт.
Зы махуэ уэрым «Пхъэ тІэкІу къэсшэнщ, фызыжь» жеІэри, лІыжь цІыкІур мэз макІуэ. Мэзым пхъэ пиупщІу щІэтурэ, зы нэхъ жыг дахэ гуэрым бгъэдыхьэри, еуэну зыщытришащІэм:
- Тхьэм и нэфІыр зыщыхуэн лІыжь цІыкІу, сэ сыпумыупщІми, пыбупщІын бгъуэтынщ, сыкъэгъанэ: хэт ищІэрэ, зыгуэркІэ щхьэпэ сыпхуэхъужынкІи хъунщ! - жеІэри жыгыр къолъэІу.
ЛІыжь цІыкІум ищІэртэкъым, игъащІэм жаІэуи зэхихатэкъым жыг псалъэу. Апхуэдэу жыгыр цІыхубзэкІэ къызэрепсэлъэфар фІэтелъыджэу игъэщІэгъуащ:
- Мыр сыт хьэлэмэт, жыгыр «сыпумыупщІ, щхьэпэ сыпхуэхъужынщ!» жиІэу къолъэІуу, - жиІэри.
ЛІыжь цІыкІур зыкъомрэ гупсысэщ, гупсысэри:
- Хьэуэ, зикІ хъунукъым упызмыупщІу, уэ упыз-мыупщІмэ, пызбгъэупщІынур сыт? Пхъэ сымышэу сыбгъэкІуэжыну ара уи гугъэр?! - жиІэри, аргуэру и фІэщ дыдэу пиупщІыну зыщытришащІэм:
- КхъыІэ, лІыжь цІыкІу, Тхьэм и хьэтыркІэ сынолъэІу, пхуэзмыщІэн дунейм теткъым, сытми, сыпумыупщІу сыкъэгъанэ! - жиІэри аргуэру къелъэІуащ.
ЛІыжьыр апхуэдизкІэ тхьэмыщкІэти, и гъунэгъухэр зэрыпсэум хуэдэу псэун щхьэкІэ, имыщІэн мы дуней щІэщІыІум теттэкъым. «ПхуэзмыщІэн щыІэкъым» щыжиІэкІэ, сеплъынщ сэ мыбы къысхуищІэфым; мы жыгым зыгуэр хузэфІэмыкІынутэмэ, цІыхубзэкІэ псэлъэфынтэкъым, жиІэри:
- Хъунщ атІэ, жыг, - жреІэ, - укъизмыупщІыкІыу укъызогъанэ, ауэ абы папщІэ къысхуэпщІэнуращ, сэ куэдІейкІэ сынолъэІунукъым: сэрэ си фызыжьымрэ нэхъ тхьэмыщкІэ ди къуажэ кІыхьым дэскъым, уэ пхузэфІэкІыххэнуІамэ, адрей ди гъунэгъухэм демыхъуапсэу дыпсэун щІы!
- Хъунщ, кІуэ кІуэж, фысщІынщ, - жиІащ жыг псалъэм.
АфІэкІа нэгъуэщІ зы псалъэ къыжримыІэу лІыжь цІыкІур къокІуэж. МыдэкІэ и унэ къыздэкІуэжам, пэж дыдэу, я унагъуэр, адрей я гъунэгъухэм яхэгъуэщэн хуэдэу хъуауэ, кърохьэлІэж: яшхын куэду къахуэхутауэ, щыгъынри апхуэдэу, унэ зыщІэс дыдэри ефІэкІуауэ, я пщІантІэми зы жэмыжь- рэ мэлыжь зытІущрэ дэту, лІыжьыр шэсынуи зы алащэжь яІэу псэу хъуахэщ.
- Ана-а, мыхэр дауэ хъуа, хэт къыпхуищІа апхуэдэ фІыгъуэхэр? - жеІэри фызыжь цІыкІур и лІым йоупщІ.
- КъысхуэзыщІаращ, мэз сыздэкІуам зы жыг гуэр пызупщІыну зыщытесшащІэм, къэпсалъэри «КхъыІэ, сыпумыупщІ, пхуэзмыщІэн щыІэкъым» жиІэу къыщызэлъэІум, «Хъунщ, укъызогъанэ» жесІэри, измыупщІыкІыу къэзгъэнати, къысхуищІауэ аращ, - пидзыжащ абы лІыжь цІыкІум.
Арати, яшхынрэ щатІэгъэнрэ ягъуэту, я гъунэгъухэм зыкІи емыхъуапсэу зыкъомрэ псэуащ ахэр. Иужьым фызыжьым къыпеубыд:
- А лІыжь цІыкІу мыгъуэ, сыт хуэдизи къыпхуищІэну укъыщигъэгугъэм, нэхъыфІыІуэкІэ ущІемылъэІуар сыт? - жеІэри. - Мы зыхуебгъэщІар мащІэщ, кІуэи елъэІу ди унэр чырбыш унэу, гъавэр ди куэду, мэл зытІощІырыпщІ диІэу, ди хадэм жыгхэр куэду иту ищІыну!
ЛІыжь цІыкІум и джыдэр къыздещтэри, аргуэру мэзым макІуэ. Жыгым бгъэдохьэри, еуэну зыщытришащІэм, жыгыр мэкІэзызри:
- КхъыІэ, укъызэмыуэу сыкъэгъанэ! - жи, къолъэІу. - УзыхуейІамэ, иджыри пхуэсщІэнщ.
- АтІэ, сызыхуейращ: дэ диІэн хуейщ чырбыш унэшхуэ, гъавэр изу илъу ду кІыхьыфІ, мэл зытІощІырыпщІ, жыг хадэ, витІ, жэмитІ, - жиІэурэ къыхуебж.
- КІуэ, кІуэж, фиІэнщ а жыхуэпІэ псори! - жыгым къыжреІэри, лІыжь цІыкІур къеутІыпщыж.
ЛІыжь цІыкІур къосыжри, а зэрыжиІа дыдэм ещхьу псори хъуауэ кърохьэлІэж. Къуажэм дэс нэхъ къулей дыдэхэри къалъэщІыхьэ къудейуэ - апхуэдэу лІыжь цІыкІумрэ фызыжь цІыкІумрэ илъэс зытІущкІэ зэдопсэу. Аргуэру фызыжь цІыкІум къыпеубыд:
- КІуэ, лІыжь цІыкІу, а жыгым ущысхьрэ, иджыри къытхуищІэфынумкІэ елъэІу, - жеІэри. - Мэлищэ диІэу, пхъэхьэ-псыхьэхэмрэ ІуэхутхьэбзащІэхэмрэ ди пщІантІэм дэту, ди унэр къэнжалыщхьэ унэу, жэм щэ ныкъуэ диІэу, шыуэ зы хакІуэпщІэ диІэу дигъэпсэуну! - жриІэщ лІыжь цІыкІуми, аргуэру мэзым игъэкІуащ.
ЛІыжь цІыкІум и джыдэр еІэтри, жыгым еуэну зытрешащІэ. Жыгыр мэгузавэри:
- КхъыІэ, лІыжь цІыкІу, укъызэмыуэ! - жери къолъэІу. - Сэ сыпумыупщІми, пыбупщІын бгъуэтынщ. УкъызэрызэлъэІуа псори пхуэсщІащ, иджыри узыхуейр жыІи пхуэсщІэнщ.
- АтІэ, сызыхуейращи, ар къысхуумыщІэми упызупщІынущ: ди адыгэщІым дэр нэхърэ нэхъ къулей имысу, мэлымрэ Іэщышхуэмрэ мин бжыгъэкІэ диІэу, ди унэри, ди щІапІэхэри мывэху защІэу гъэжауэ, фызыжь цІыкІури гуащэрэ, и ижьрабгъумкІэ зыри ямыгъэтІысу нэмысышхуэ къыхуащІу щымыту ддэнукъым, - жриІащ.
- Хъунщ, кІуэ кІуэж, а узэрыхуей дыдэм хуэдэуи хъунщ, - жеІэри къеутІыпщыж.
Апхуэдэурэ псэууэрэ илъэс зытІущ докІ. ИкІэм-икІэжым, фызыжь цІыкІур къонэпсейри, делэ дыдэ мэхъу.
- А лІыжь делэ цІыкІу мыгъуэ, - жи, - мыхэр мащІэщ, пащтыхьыгъуэр къытлъымысмэ, мы псо- рикІ сытым щыщ?! КІуэи, уэ пащтыхь ухъуну, сэри сыпащтыхь гуащэу хэгъэгушхуэр ди ІэмыщІэ илъу дыпсэуну пэубыд а жыгым. Ар къыпхуимыщІэмэ, еуи хьэмэ къилъхуар пыупщІ ущымысхьу!
ЛІыжь цІыкІур апхуэдизрэ жыгым деж лъэІуакІуэ зэрыкІуэр фІэмыфІурэ ежьащ. Носри, еуэну зытрешащІэ.
- Сыт узыхуейр, узыщІэлъэІуа псори пхуэсщІакъэ! Аргуэру сыт мы сызыхэбдзэ гумэщІыгъуэр зищІысыр? Сыт узыхуейр? - жеІэ жыгым, лІыжь-фызыжьым я лъэІуэкІэр фІэтелъыджэу.
- Пащтыхь дымыхъуну Іэмал иІэкъым, нэгъуэщІу зэрыдмыдэнур, ар къытхуумыщІэмэ, узэризупщІы- кІын хуейр бгурызгъэІуэну жиІэри фызыжьым сыкъихуащ, - жиІащ лІыжь цІыкІум.
- АтІэ, ари хъарзынэщ, ауэ пащтыхь фыхъун щхьэкІэ, зэлІзэфызыр фыкъакІуэу си щІыфэм фыкъебзеин хуейщ! - жи жыг псалъэм. - ИтІанэщ пащтыхь фыщыхъунур.
ЛІыжь цІыкІур къэсыжри, жыг телъыджэм къыжриІар и фызым щыхуиІуэтэжкІэ:
- АтІэ, ар гугъу! - жеІэри фызыжь цІыкІур лІыжьым и гъусэу мэзым макІуэ.
Нэсхэри, я бзэгур жыгым и щІыфэм зэреІусэу тІури жыгыуІу мэхъури, жыгыщхьэм долъэтеиж. Абы лъандэрэ лІыжь цІыкІумрэ фызыжь цІыкІумрэ жы-гыуІу хъуауэ, жыг хьэпІацІэм фІэкІа шхыныгъуэ ямыІэу мэпсэу, я мылъку къомыр жылэм зыхагуэшыжауэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1965.txt"
} |
Хэт нэхъ бзаджэ?
Нартхэ зы шыхъуэ, зы жэмыхъуэ, зы мэлыхъуэ яІэт. Мэлыхъуэм гъэлъэхъу пшэр иукІри, дзажэр бгыкъум фІидзэжащ, «Згъэгъунщ» жиІэри. Шыхъуэмрэ жэмыхъуэмрэ ящибзыщІащ гъэлъэхъу зэриукІар.
Мэлыхъуэм ебзэджэкІын гугъэ ящІащ шыхъуэмрэ жэмыхъуэмрэ:
- Дзажэр фІэтшхынщ, - жаІащ.
- Дауэ зэрыфІэтшхынур?
- И унэ дихьэнщи, тхуигъэжьэнщ. Тхуимыгъажьэмэ, хуэзэр етщІэнщ.
ЗэрыжаІам хуэдэу, мэлыхъуэм и унэ ихьащ шыхъуэм-рэ жэмыхъуэмрэ. Бысымыр и унэ истэкъыми, бысым гуащэм иригъэблэгъащ. Іэнэ къахуищтащ, ауэ дзажэр яхуигъэжьакъым.
Дзажэр бгыкъум зэрыфІэлъыр дауэ къащІами, ящІэрт шыхъуэмрэ жэмыхъуэмрэ.
Бысымыр къыщыгувэм, я хьэщІэн зэфІэкІати, шыхъуэмрэ жэмыхъуэмрэ тэджыжащ, дзажэр къаІумыхуауэ.
Пшапэр зэхэуауэ, мэлыхъуэр къыдыхьэжащ.
- Дэнэ ущыкІуэдар? Нартхэ я шыхъуэмрэ я жэмыхъуэмрэ ди хьэщІащ, - жиІащ унэгуащэм.
- Дзажэр къаІэщІэлъэгъуа? - къэщтащ мэлыхъуэр.
- СщІэркъым къаІэщІэлъэгъуами.
- Тхьэ соІуэ, къаІэщІэлъэгъуагъэнкІэ! Ныжэбэ къыкІэлъыкІуэнущ дзажэм. Бгыкъум къыфІэхи, уи пІэщхьагъым щІэдз.
Мэлыхъуэм и унэгуащэр щигъэІущым, шыхъуэмрэ жэмыхъуэмрэ къагъэзэжауэ щхьэгъубжэ лъабжьэм щІэст - мо тІум жаІар зэхахащ.
Гъуэлъыжыгъуэ щыхъум, мэлыхъуэм и унэгуащэм дзажэр бгыкъум къыфІихащ, дзажэр и пІэщхьагъым щІидзри гъуэлъыжащ. «ХьэщІэ къыдыхьэмэ», - жиІэри, мэлыхъуэр хьэщІэщымкІэ кІуащ.
Мэлыхъуэр хьэщІэщымкІэ щыкІуэм, шыхъуэмрэ жэмыхъуэмрэ бжыхьэкІапэм щІэувауэ щІэтти, шыхъуэр унэм щІыхьащ.
- Къащтэ мыдэ дзажэр, дзыхь тесщІэркъым, ебгъэхьынкІэ сошынэ, - жиІащ шыхъуэм, бысымым и макъ зищІри. Дзажэр унэгуащэм къыщІихри, шыхъуэр унэм къикІыжащ.
Дзажэр ирахьэжьэри, шыхъуэмрэ жэмыхъуэмрэ кІэбгъу защІыжащ.
Заул дэкІауэ, мэлыхъуэр и унэм ихьэжащ.
- Дзажэр бгыкъум фІэбдзэжа? - къеупщІащ абы унэгуащэр.
- Сыт дзажэ? УкъыщІыхьэри щІэпхыжати, - жиІащ унэгуащэм.
- Дзажэр яхьащ жыпІэркъэ! - жиІащ мэлыхъуэм, пщІантІэм дэжри шыхъуэмрэ жэмыхъуэмрэ ялъежэжьащ. Модрей тІур гъуэгу техьэжауэ зэкІэлъхьэужьт. Дзажэр зыІыгъыр шыхъуэрати, жэмыхъуэм блэжри шыхъуэм щІыхьащ мэлыхъуэр.
- Уеша хъунщ, къащтэ дзажэр, сэ нэсхьынщ, - жиІащ мэлыхъуэм, жэмыхъуэм и макъ зищІри. Дзажэр зыІэригъэхьэжри, шыхъуэмрэ жэмыхъуэмрэ закъыкІэригъэхужащ мэлыхъуэм. ЗакъыкІэригъэхужри, кІыфІым хэбзэхэжащ. Заул дэкІри, модрей тІур къэувыІащ, «Дыбэуэнщ» жаІэри.
- Дзажэр дэнэ пхьа? - йоупщІ жэмыхъуэр шыхъуэм.
- Иджыпсту сІыпхакъэ дзажэр? - къыжреІэ шыхъуэм.
- ПІысхакъым, уи ужь ситщи, сыпщІыхьэркъым.
- Дзажэр зейм едгъэхьыжащ, - жиІащ шыхъуэм.
Мэлыхъуэм къыпажыхьри, шыхъуэмрэ жэмыхъуэмрэ мэлыхъуэм и пщІантІэм дэлъэдащ. ІэлъэщІкІэ зыщІиуфэри, шыхъуэр бжэщхьэІум теуващ. Мэлыхъуэри къэсыжащ, дзажэр къихьыжри.
- Мэ, фыз, апхуэдэущ дзажэ къызэрахьыжыр! - жиІэри, мэлыхъуэм дзажэр бжэщхьэІум тетым хуидзащ. бжэщхьэІум тетыр шыхъуэрати, мэлыхъуэм куэбжэр щигъэбыдэжым, мо зыхуейр зыІэрыхьар пщІантІэм дэкІуэсыкІыжащ, жэмыхъуэри щІыгъуу.
Мэлыхъуэр унэм ихьэжащ, куэбжэр игъэбыдэжри.
- Яхьын я гугъати дзажэр! КъаІэщІэсхыжакъэ! - жиІащ унэм ихьэжри.
- Дэнэ щыІэ-тІэ, къаІэщІэпхыжамэ? - къеупщІащ унэгуащэр.
- БжэщхьэІум укъытеувэри, сІыпхыжакъэ дзажэр? - и нэр къихуащ мэлыхъуэм.
- БжэщхьэІуи сынытехьакъым, дзажи къыпІысхыжакъым, - жиІащ унэгуащэм.
- Дзажэр тфІахьащ жыпІэркъэ-тІэ…
И щхьэм щІэтІахъуэри, мэлыхъуэр бжэщхьэІум теуващ, и гугъэ дзажэм хихыжауэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1966.txt"
} |
Сышынэркъым жаIэми…
Зы лІыжь цІыкІу фызи быни имыІэжу, хуэмыщІауэ псэурт. ЩІыІи къытехъуауэ унэм щІэпІыщІыхь щыхъум, пхъэ къурагъ зытІущ къэслъэфынщ жиІэри мэзым кІуащ. ЛІыжьым, мы зы пхъэр хэслъхьэжми, схуэлъэфынщ жиІэурэ пхъэлъэфынхэр зырищІар зэкІэрищІэри, зы дэгъэзыкІыгъуэ тІэкІу деж къыщысым, мо дыгъафІэм уэсри тІэкІу текІыжауэ къыщІэкІынти, лІыжьыр къеІэ пэтми, къыдэмыкІыф хъуащ. Лъэбакъуэ къичыхукІэ:
- Сыт мыгъуэ зыщІэзгъэлІэжыр, сыфызкъым, сыбынкъым, абы нэхърэ сылІащэрэт, - жиІэрти, пхъэм тетІысхьэурэ и щхьэ хуэшхыдэжырт.
Аргуэру къежьэрти, пхъэ тІэкІур къыщыхуэмылъэфкІэ:
- Сыту мыгъуэ сынасыпыншэ, щхьэи гугъу зезгъэхьрэ, абы нэхърэ сылІащэрэт, - жиІэу тхьэ елъэІурт. ЛІыжь цІыкІум и тхьэусыхафэр псэхэхым щызэхихым:
- Сыт нэхъ ухуей, сэ мыдэ сыщыІэщ, - жиІэри къыкъуэкІащ.
- Уэ хэт ухъуну? - еупщІащ лІыжь цІыкІур абы.
- Псэхэхыр сэращ, тхьэмадэ, - къыщыжриІэм, лІыжь цІыкІур къэгузэващ, егъэлеяуи къэшынащ. Ауэ игу къызэрыгъуэтыжщ, Іэмали хуекІуэжри:
- Мы пхъэ тІэкІур мо нэпкъым деж къыздыдэплъэфатэмэ, - жиІащ. Арати, псэхэхыр къыдеІэри, лІыжь цІыкІур джабэ тІэкІум къыдэкІыжащи, къыздэкІуэм игукІэ жеІэ:
- Тобэ ярэби, сышынэркъым жаІэми, лІэныгъэм щымышынэ щыІэу къыщІэкІынкъым.
Акъыл уимыIэмэ, Тхьэм къуиткIи хъунукъым
Къуажэм дэст жаІэ хуэмыщІауэ зылІрэ зы фызрэ. Зым нэхърэ зыр нэхъ цІыкІуу бын я куэдти, жылэр зэхыхьэри унафэ ящІащ:
- Мыбы зы жэмыщІэ къахуэдвгъэщэху, зэкІэ зы шэ шынакъ къызыщІэкІын ягъуэтмэ, хуэмурэ заужьыжынщ, - жаІэри.
Арати, къуажэр зэхыхьэри, а унагъуэ тхьэмыщкІэм зы жэмыщІэ къыхуащэхуащ. ЖэмыщІэ псэфыр щІэх дыдэуи лъхуащ, жаІэ. Ауэрэ жэмыр уэ къэпшын хуейщ, сэ къэсшын хуейщ, жаІэу къамышурэ, ягъэгъужри яукІри яшхыжащ, шкІэрщи, ари и ныбжь нэмысу яІэщІэшхыхьыжащ. Хэти жиІащ дадэвгъэІэпыкъу, иныкъуэми ар ядакъым:
- Акъыл уимыІэмэ, уадэІэпыкъукІи, Тхьэм къуиткІи хъунукъым, - жари.
Ауэрэ зыри дэмыІэпыкъуу тхьэмыщкІэ дыдэ щыхъум, зэлІзэфызыр бэзэрым кІуэри, зы джэдыщІэ цІыкІу къащэхуащ. ДжэдыщІэр кІэцІри, дыщэ джэдыкІэ къикІэцІащ, жаІэ. Аргуэру арати, дыщэр ящэри, заужьыжауэ, уей-уей жрагъэІэу ефэ-ешхэу, цІыхуи зэрамыпэсыжу дэплъейуэ хуежьауэ:
- Іусыр нэхъыбэ дыгъэщІи, махуэ къэс тІу къикІэцІынщ, - жари къагупсысащ икІи апхуэдэу ящІащ.
АрщхьэкІэ къикІэцІыр а зы джэдыкІэрати, и жьэм Іусыр жьэдакуэурэ джэд хулъэр зэгурагъэтхъащ. Абы лъандэрэ «Акъыл уимыІэмэ, Тхьэм къуиткІи хъунукъым», - жаІэ, псэукІэ зымыщІэм удэІэпыкъукІи хъуркъым, жыхуаІэу.
Алыхь, сызэрынэсу уэстыжынмэ
Гунэ жари зы фыз гуэр жылэм дэсти, ахъшэ щІыхуэ къищтэурэ сондэджэрыным пыхьэрт, жаІэ. АрщхьэкІэ щІыхуэкІэ зяужь ихьэм фейдэ къримыгъэщІыфурэ, нэгъуэщІ зыгуэрми елъэІуурэ щІыхуэ къищтэрт, зэуэ къизудыжынщи, псоми я щІыхуэри естыжынщ жыхуиІэу, абы щыгугъыу. И Іуэхур хуэмыхъуурэ, щІыхуи хуэмытыжурэ «ди щІыхуэр къыдэтыж» жаІэу цІыхухэр къакІуэу хуежьащ. Фызым нэгъуэщІ Іэмал къыхуэмыгъуэту, нэхъ и Іыхьлы и благъэ хуэдэ деж кІуэри, ахъшэ зэуІу къыІихащ икІи къэзыгъэгузавэхэм яритыжащ, жаІэ.
АрщхьэкІэ зэуІуу ахъшэ нэхъыбэ къызыІихар къакІуэрти, пщэдей-пщэдеймыщкІэ, жиІэурэ къигъэгугъэрт, иритыжын игъуэтыртэкъым. Апхуэдэурэ, къызыІиха фызыр къакІуэурэ езэшри:
- Нобэ къызумытыжыфми, къемэт махуэм къызэптыжынщ, - къыжриІащ.
ЩІыхуэ къэзыщтам ар зэрызэхихыу:
- Алыхь, сызэрынэсу уэстыжынмэ, - жиІауэ къаІуэтэж.
СопIащIэри сежьэжынут, ауэ…
Жыжьэ къикІа гъуэгурыкІуэ лІыжь цІыкІу гуэр уэрамыщхьэм щыуэршэру щызэхэт лІы гупым яхыхьэри, захуигъэзащ:
- Ярэби, сыгъуэгурыкІуэщ икІи сопІащІэ, зыгуэрым сыдэфшэрэ сывгъэхьэщІатэмэ…
Апхуэдэу щыжиІэм, зи унэ нэхъ гъунэгъуу яхэтым иригъэблагъэри игъэшхащ, игъэтхъащ.
- Иджы сопІащІэри, сежьэжынт, ауэ… - жиІэу лІыжьым зыщрилъэфыхьым, мыдрейхэми ежьэжи жрамыІэурэ, шэджагъуэ хъури, шэджагъуашхи ирагъэщІащ. ЛІыжьыр аргуэру къэпсалъэри:
- Сежьэжынут, ауэ… - жиІэри.
Бысым хуэхъуахэм лІыжьыр щІемыжьэжыр къахуэмыщІэурэ жэщ хъури, пщыхьэщхьэми ягъэшхащ, ягъэтхъащ, жэщу дэнэ укІуэн жыхуаІэу, жэщми щагъэІэри, пщэдджыжьми нэхъыфІыжу къелІэлІащ.
Ауэ иджыри зрелъэфыхь лІыжьым, жиІэри ардыдэращ. Бысымым нысэ губзыгъэ цІыкІу яІэти, Іуэхур зыІутыр тхьэмадэм къыщыгурымыІуэм, аргуэру къыкІэлъыкІуэ шхэгъуэм игъашхэри, нысэ цІыкІур ауэ щІыбагъымкІэ къыдэувэжащ. ЛІыжь цІыкІум:
- Иджыри сывгъэшхащ, сывгъэтхъащ, тхьэ соІуэ сопІащІэри сежьэжынутэм, ауэ… - щыжиІэм, нысэ цІыкІур къэпсалъэри:
- МащІэ пшхами, куэд пшхами, Тхьэм хьэлэл пхуищІ, - къыжриІащ.
Ар лІыжь цІыкІум щызэхихым, къэгуфІэжри:
- Іэу, армыраи хабзэр, сшхар хьэрэм къысщыфщІами хьэлэл къысщыфщІами сымыщІэу дауэ пщІантІэм сыдэкІыжынт, - къажриІэщ, фІыщІэ къахуищІыжри, хьэщІэр гуфІэу и гъуэгу теувэжащ.
Нарт хабзэ
Нарт Ерокъуэ хьэщІапІэ ихьауэ хьэщІапІэ здисым, я пщащэм зы щауэ къылъыхъуащ. Пщащэр арэзы щыхъум, щауэм пІалъэ иритащ.
ПІалъэр къэсмэ, пщащэр иратыну зэгурыІуэри, щауэр дэкІыжащ, нысашэм зыхуищІын хуейти.
Нарт Ерокъуи дихьэхащ пщащэм. Дихьэхри, яфІихьыну триубыдащ.
И хьэщІэгъуэр зэфІэкІати, нарт Ерокъуэ къежьэжащ. Къежьэжа щхьэкІэ, жыжьэ къыІукІакъым - псыхъуэ чыцэм хэуващ:
- Пщащэр зэ мыхъуми зэ псыхьэ къэкІуэнкъэ, - жиІэри.
ЗэрыжиІауэ, псыхьэ къежьащ пщащэр, и дамащхьэм гуэгуэн тригъэувэри. Псы къыщригъахъуэм, нарт Ерокъуэ пщащэр къипхъуатэщ, шыплІэм къыдидзэри - макІуэ-мэлъей!
Махуэ гъуэгу къикІуауэ, пІалъэ зрата щауэр кърихьэлІащ:
- Гъуэгужь апщий, нарт Ерокъуэ! - жиІэри.
- Упсэу апщий, щауэхъу, - жиІащ Ерокъуэ. - Гъэзэж, пщІэншэрыкІуэ ухъуащ.
- Сыт сыщІэхъуар? - къеупщІащ щауэр.
- Пщащэр сэ сохь.
- Пхьынкъым, - жери къыпэуващ щауэр.
- ПлъэкІмэ, сумыгъэхь, - жиІащ нарт Ерокъуэ.
- Апхуэдэ гугъэ пщІамэ, ди гъуэгу зэблэкІынукъым. Уи шабзэр зэІудзэ. - Щауэр епсыхри, и шабзэр зэІуидзащ.
Нарт Ерокъуи епсыхащ, пщащэр иригъэувэхри. И шабзэри зэІуидзащ.
Нарт шууитІыр щызэпэувым, пщащэр яку дыхьащ, и ІэлъэщІыр зэтрихри.
- СылІэм и гъунэщ: фызэрызгъэукІынкъым, - жери пщащэм и ІэлъэщІыр нарт щауитІым яку дидзащ.
Пщащэм фІэлІыкІри, тІуми я Іэщэр иралъхьэжащ…
Абы къыдежьауэ, нартхэ хабзэ яхуэхъуащ: яку цІыхубз къыдыхьауэ, Іэщэ кърахыжакъым, цІыхубз и псалъи ебэкъуакъым.
Жьырытэдж шыщІэ къыхуалъху
♦Акъылыр щагуэшым дурэшым дэсащ.
♦Делэм и гъуэмылэ пэшхщ.
♦Джэд пэт мэулъэпхъащэ.
♦Дзыдзафэр и хьэлъэщ.
♦ЕкІуу делэным Іуэхушхуэ пылъщ.
♦Жьы къашэ жыхуаІэр ищІэркъым.
♦Жьырытэдж шыщІэ къыхуалъху.
♦Зепщыпщэ нэхърэ - пэщащэ.
♦ЗэдэщІэ щІэхщи, зэдэшхэ ІэфІщ.
♦Зэрабзыр иІэ щхьэкІэ, кърабзэр иІэкъым.
♦Зэрагъэгъуазэ и гъуэгущ.
♦Зэшыбэ бэхьщ.
♦И зыгъазэр мазэщ.
♦И Іэпэм дыщэр къыпощ.
♦Іэпхъуалъэ псырыхьщ.
♦Къэрабгъэм и уэрэдыр зэчырым хуреш.
♦Къэрабгъэр щыпауэщ.
♦МывэкІэщхъ зэхедз.
♦ПсэлъэкІей Іушэщ, зекІуэкІей лъашэщ (егъэлеяуэ адрейхэр ауан умыщІ, жыхуиІэщ).
♦ПщыІэ унэ сыкъыщалъхуи, дыщэ лэгъунэ сыщылІэж.
♦ПІастэм игъэудафэм къыщІоуэ,
♦Фадэм игъэудафэм щІоуж.
♦Уи Іэшхылъэ нэбдзыфІэмэ, УнэфІ япхъу къуатынщ.
♦Хабзэр ищІэ щхьэкІэ, ирабзэр ІэщІэлъкъым.
♦ХьэкІуф зофий, зэфэгъу зэІуощІэ.
♦Хьэм уеджэм хьэ къокІуэ,
Хум уеджэм ху къокІуэ.
♦ЦІыху ищІэ и уасэщ.
♦ЩакІуэфІ и нэд дыгъужьыфэ изщ.
♦ЩІэнышхуэ умыгъэхъейми, хъеяр гъэтэрэз.
♦Щхьэхынэ Іуэху блэкІ иІэкъым.
♦Щхьэхынэ щІэрыбэщ.
♦ЩыщІэ нэхърэ - мащІэшх.
Зэдауэ
ФызитІ псыхьэ кІуат. Псы Іуфэм здыІутым, плъэри адрыщІкІэ зы шу щалъэгъуащ.
- Ар зы! - жиІащ фызым.
- Зыр мащІэщ, - жэуап къитыжащ етІуанэ фызым.
Абы къытехъеикІри, зэпеуэу щІадзащ:
- ТІу!
- НитІым ялъагъур пэжщ.
- Щы!
- Іэнэр лъакъуищмэ, мэув.
- ПлІы!
- Жэм быдзиплІыр зэхуэдэмэ, шафІэщ.
- Тху!
- Іэпхъуамбитхур зэхуэдэмэ, шэрыуэщ.
- Хы!
- Хым хэхуэр етхьэлэ.
- Блы!
- Блэр зэуэр мэбэг!
- И!
- Им гъущІыр ешх.
- Бгъу!
- Уий, гъэщІэгъуэн слъэгъуаи!
- Сыт плъэгъуар?
- Дыгъужьибгъум аргъуей кІэбдз яхуэмышхыу слъэгъуащ.
- Дыгъужьхэр цІыкІужьей хъунт?
- ЦІыкІу-мыцІыкІуми, дэтхэнэри ХьэтІохъущокъуэхэ я шы къуэлэныжьым хуэдиз хъурт.
- ХьэтІохъущокъуэхэ я шы къуэлэныжьыр цІыкІу дыдэу къыщІэкІынт?
- ЦІыкІу-мыцІыкІуми, Хьэрэ-Кхъуэрэ лъапэм щІэту бгыщхьэм дэІэбейуэрэ мэхъуакІуэ.
- Бгыр лъахъшэ хъунт?
- Лъахъшэ-мылъахъшэми, щауэр дэплъеймэ, и пыІэр щхьэроху.
- Щауэр цІыкІу хъунт?
- ЦІыкІу-мыцІыкІуми, Щоджэнхэ я псыкъуийм пэгункІэ еІэбыхыурэ псы кърегъахъуэ.
- Щоджэнхэ я псыкъуийр чэнж хъунт?
- Чэнж-мычэнжми, пщэдджыжьым пэгун ебдзыхмэ, и щІэм щынэсыр пщыхьэщхьэращ.
- Ар махуэ кІэщІ хъунт?
- Ар махуэ кІэщІми-мыкІэщІми, пщэдджыжьым къалъхуа шыщІэм пщыхьэщхьэм щауэр мэшэс…
- Тобэ, тобэ!..
Сытми, зэрытемыгъакІуэу, фызитІыр псым къыдэкІыжащ, жаІэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1967.txt"
} |
Балъкъэр лъэпкъымрэ абы и таурыхъхэмрэ
Иджы уэ шыд ухъу!
ЗЫ ЗЭМАН балъкъэр къуажэхэм языхэзым лIыжьрэ фызыжьрэ щыпсэурт. Ахэр апхуэдизкIэ тхьэмыщкIэти, цIыхухэм къыхуашийм ирипсэууэ арат. Ахъмэт и цIэу зы щIалэ закъуэ яIэти, икIи IэкIуэлъакIуэт, икIи жант, икIи губзыгъэт, езы цIыкIуми, ин хъууэ, и адэ-анэм яшхын къыщилэжьыфыну зэманыр къыхуэгъэсыртэкъым.
Ауэрэ щIалэм щауэ къабзэ, зэкIуж къыхэкIащ. И адэм и щIы кIапэ тIэкIур ивэрт, исэрти, унагъуэм берычэтыр хуэмурэ къихьэн щIидзащ. Къуажэ псом щIалэм и цIэр щыIуат. Хъаным и дежи нэсащ Ахъмэт и хъыбарыр. Хъаным пхъу иIэт, и бзаджагъым щхьэкIэ зыми ишэн имыдэу.
- Мы щIалэр тIэкIу къулейуэ щытамэ, си пхъур естынт, - зэхригъэхащ хъаным и блыгущIэтхэм.
Хъаным ипхъуми Ахъмэт куэд щIауэ нэ ирищат. Ар и адэми игу зэрырихьыр къыщищIэм, еуэри щIалэр ириджащ:
- Къыслъыхъу, ухуеймэ.
Ахъмэт зыри жиIакъым. Хъаным и пхъур къэгубжьащ:
- Сыт зыри щIыжумыIэр?
- Сыт жысIэн? Сэ сытхьэмыщкIэщ, пщэдджыжьым щыщIэдзауэ жэщ хъуху сылажьэу щытми, мылъкушхуэ збгъэдэлъкъым. Уэ хъаным урипхъущ, улэжьэфынукъым. ДэIэпыкъуэгъу укъысхуэхъунукъыми, ди унагъуэми зэгурыIуэ илъынукъым. Зы хъан гуэрым дэкIуи нэхъыфIщ.
Ар жиIэри, Ахъмэт и щхьэр егухауэ ежьэжащ. Пэжыр жыпIэмэ, хъаным ипхъу бзаджэр хъыджэбз дахэт, Ахъмэт абы зэрыIуплъэу, и гум дыхьат. Унэм нэщхъейуэ щекIуэлIэжым, и адэ-анэр къеупщIащ, игу къеуэр зрагъэщIэну. ЩIалэми хъаным и пхъум зэрепсэлъар яжриIэжащ.
ЛIыжь-фызыжьым я жагъуэтэкъым хъаныр благъэ ящIынуи, Ахъмэт елъэIун щIадзащ:
- Къашэ, щIалэ, хъаным и пхъур. Апхуэдэ хъыджэбз дахэ бгъуэтыжынкъым.
Куэдрэ зихъунщIащ щIалэм - къыгурыIуэрт абы хъаным и пхъум зэримыгъэтхъэнур, ауэ адэ-анэри ерыщ екIуат. ИкIэм-икIэжым щIалэ жыIэдаIуэр арэзы хъуащ. Хъаныр зытемыукIытыхьын хьэгъуэлIыгъуэ ящIащ, Ахъмэт къилэжьауэ хъуар трагъэкIуадэу. Уеблэмэ, унагъуэм яшхын къахуэнакъым.
Апхуэдэ гъащIэ хъаным и пхъум хуэхьынт? Ещанэ махуэм и лIым жриIащ:
- Дэ мыпхуэдэу тхьэмыщкIэу дыщIэпсэун щыIэкъым. ИIэ, си адэм деж дыгъэIэпхъуи, дызыхуейр дгъуэту дыпсэунщ, дымылажьэми хъунущ.
- Сэ си адэ-анэ тIорысэр схухыфIэдзэнукъым, абыхэм нэгъуэщI зыщыгугъын яIэкъым. Хэт ахэр зыгъэшхэнур, зыгъэфIэнур? - еупщIащ нысащIэм Ахъмэт.
АрщхьэкIэ хъаныпхъум «ДыгъакIуэ, дыгъакIуэ» фIэкIа къыжьэдэкIыжыртэ-къым. Ахъмэт къызэремыдэIуэнур, хъаным малъхъэнэгъуу зэрыхэмытIысхьэнур къыщыгурыIуэм, ар гъынанэурэ и адэм елъэIун щIидзащ, Ахъмэт унафэ хуищIу сэрейм игъэIэпхъуэну.
- НакIуи, ди деж фыщыпсэу, - жреIэ хъаным малъхэм. - Уи адэ-анэр уэрыншэуи псэуфынущ.
- СынэкIуэфынукъым. Сэ си адэ-анэм факъырэIус къыхахыу щытащ. Уи пхъум жесIат дэ дызэрызэдэмыхъунур. ФIыри Iейри къыздимыгуэшыфынумэ, нрекIуэж.
Хъанымрэ абы и щхьэгъусэмрэ къэгубжьри, Ахъмэт ягу трагъэзэгъэну мурад ящIащ. Хъаным щIопщ къищтэри, Ахъмэт еуащ. ЩIопщыр, къызэрыщIэкIымкIэ, къызэрыкIуэтэкъым - цIыхур сыт хуэдэ псэущхьи хуэщIырт. Арати, Ахъмэт шыд хъуащ.
Хъаныпхъум шыдыр и гуащэ-тхьэмадэм я деж къихури, яжриIащ:
- Си адэм фи къуэр и благъэхэм я деж хъыбарегъащIэ игъэкIуащ. Мы шыдыр саугъэту къывет. Мэзым пхъэ къифшурэ бэзэрым щыфщэнщ, абы фыхэпсэукIынщ.
ЛIыжьым еуэ-еуэу мэзым пхъэ къреш, ещэ. Абы къыщIэкIыр фызыжьымрэ езымрэ яшх. Шыдри жыIэдаIуэщ, лэжьэрейщ. ЛIыжьыр абы хуэгумащIэт, зэи еуэртэкъым, фIыуэ игъашхэрт. Хъаным и пхъур хьэщIапIэ къакIуэмэ, зимыгъэнщIу шыдым щытхъурт лIыжьыр:
- Сыту шыд Iэсэ, сыту лэжьакIуэшхуэ. Тхьэр арэзы къыпхухъу, си хъыджэбз цIыкIу!
АбыкIи игу загъэртэкъым хъаным ипхъуми, нэгъуэщI бзаджагъэ къигупсысащ. И адэм и уд щIопщыр къыIихри, лIыжь-фызыжьым я деж кIуащ. Бом щIыхьэри, щэхуу шыдым еупщIащ:
- ЦIыху усщIыжмэ, дыбгъэIэпхъуэн хъаным и сэрейм?
Шыдым и щхьэр ищIащ, «Хьэуэ» жыхуиIэу.
Хъаным и пхъур къэгубжьри: «Хьэ ухъу-тIэ!» - жиIэурэ шыдым щIопщымкIэ еуащ.
Хъаныпхъур бом къыщIэкIыжри пщIантIэм къыдыхьащ. И тхьэмадэр къыщыхуэзэм къеупщIащ:
- Си къуэр щIэх къэкIуэжыну пIэрэ, си хъыджэбз?
- ЩIэх къэкIуэжыну фыщымыгугъ, - итащ жэуап хъаныпхъум, - си адэм ар жыжьэ игъэкIуащ.
Ар жиIэри, сэрейм кIуэжащ.
Ахъмэт и адэр шыдым и шхын иритыну макIуэри, бор нэщIщ. ЛIыжьым игу къеуащ шыдыр зэрыфIэкIуэдар. Йоплъри: шыдым и пIэкIэ хьэ гъуэща гуэр пщIантIэм дэтщ. Хьэр апхуэдизкIэ Iэсэт икIи лъагъугъуафIэти, нэгъуэщI мыхъуми, пщIантIэр нэщIынкъым жаIэри, лIыжь-фызыжьым ар дамыхужыну мурад ящIащ. ЛIыжьым хьэгъуэ хуабэ ищIри, хьэр абы иригъэтIысхьащ, иIэIамэ иригъэшхыу едэхащIэурэ, абыи и гур кIэрыпщIащ.
Пщэдджыжьым хъаным и пхъур къакIуэри: «Фэ езым фшхын фиIэкъым, сыт мы хьэри щIэвгъашхэр?» - жиIэу кIийуэрэ, хьэр дихуащ.
Хьэр мэлыхъуэ гуэрым зришэлIащ. Ар мэлыхъуэм доIэпыкъу, мэл гуартэр егъэхъу. Хъушэм и хъуреягъкIэ къежыхьри, зы дыгъужьи къыбгъэдигъэхьэркъым, зы щыни къыкIэригъэхуркъым.
Пщыхьэщхьэм мэлыхъуэм и хъушэр кърихулIэжри, и хьэхэр игъэшхэн щIидзащ. Хьэ гъэса къомым къупщхьэм зрадзащ, мо щIэуэ къахыхьар еIусэркъым. Мэлыхъуэм абы лы цIынэ хуидзащ, арщхьэкIэ абыи еIусакъым, уи гур игъэузу мэлыхъуэм къеплъа фIэкIа.
- Мыр сыт телъыджэ! Мыр хьэ къызэрыкIуэ къыщIэкIынкъым. ЦIыхухэм яшх гуэр хуэздзынти! - жиIэри шэ хурикIащ, щIакхъуи хухигъэщэщащ. Псори ишхри къибзеижащ хьэм.
Илъэсищ дэкIащ. Хьэр и мэлыхъуэм хуэпэжт. Хъаным и пхъур иджыри гугъэрт Ахъмэт жыIэдаIуэ хъууэ, хъаным и пащхьэ зыщигъэщхъыу, сэрейм щIэтIысхьэну.
ЛIыжь-фызыжьым я къуэм къигъэзэжыным я гугъэр хахыжат. НысащIэм къажриIащ Ахъмэт гъуэгур къытехьэлъэу хэкIуэдауэ. Езы Ахъмэт и хэкум хуэзэшырт, и адэ-анэми, нэгъуэщI мыхъуми, зэ закъуэ яIуплъэну хуейт.
Зэгуэрым лIыжьыр пщIантIэм къыдохьэри - хьэм къигъэзэжащ. ЩыгуфIыкIащ лIыжьыр хьэм, игъэшхащ. МахуитI-щы докIри, хъаным и пхъур къокIуэ. Хьэр къызэрилъагъуу, хуэму йоупщI:
- Иджы укъызэдэIуэн?
«Хьэуэ» жыхуиIэу, хьэм и щхьэр аргуэру ещI.
Хъаныпхъур кIуэжри, щIопщыр къихьащ.
- Бзу ухъу! - жиIэри, щIалэр пцIащхъуэ ищIащ.
ПцIащхъуэм къиуфэрэзыхьащ къыщалъхуа унэр, лIыжь-фызыжьым ябгъэдэлъатэурэ я дамэхэм тетIысхьащ.
- Мыр ди щIалэм и псэра къыщIэкIынщ, - жаIэрт езыхэми.
Ауэрэ иужэгъуащ Ахъмэт тхьэмыщкIэм дуней нэхур: зэм шыду, зэм хьэуэ, зэм бзууэ и гъащIэр ирихьэкIыу. ИтIани и адэ-анэр фIэпсэкIуэдт.
Зэуэ абы игу къэкIащ: «Сэрейм сылъатэрэ щIопщыр къэзгъуэтмэ, цIыху зызмыщIыжыфыну пIэрэ?» - жиIэри. ЗэрыжиIауи, хъаным и псэупIэм нэсщ, щIопщыр зыщIэлъ пэшым щIэлъатэри, абы бгъэгукIэ зытридзащ. Асыхьэтым цIыху хъужащ. ЩIопщыр IэкIэ къищта къудейуэ, хъаным и пхъур къыщIыхьэжащ.
Ахъмэт абы щIопщымкIэ еуэри:
- Иджы уэ шыд ухъу! - жриIащ.
МэкIуэж Ахъмэт и адэ-анэм я деж, шыдыр и пащхьэм иту ихуурэ.
ЛIыжь-фызыжьыр мэгуфIэри, я фIэщ хъуркъым я къуэм къызэригъэзэжар.
- Дэнэ апхуэдизрэ уздэщыIар? - жаIэ абыхэм.
- Апхуэдизу тхьэмыщкIэ дызэрыхъуар сигу къеуэрти, къулей гуэрым илъэсищкIэ сыхуэлIыщIэри сыкъэкIуэжащ. Мис мы шыдыр къэзлэжьащ, иджы мэзым пхъэ къисшурэ сщэнщ, - яритащ Ахъмэт жэуап.
- Алыхьым псапэу къуитыж. ПщIантIэм шыд ущимыIэныр гугъущ. Сэ хъаным зы къызитати, сфIадыгъуащ. Сыт лъандэрэ си плIэм телъу пхъэ къэсхьрэ. Иджы сытыншыжынщ, - жиIащ адэм.
- Нэхъыбэ теплъхьэху нэхъыфIщ, ди адэ. Мыр шыд ерыщ гуэрщ. Сэ иджыри тIу къыпхуэсшэнщ!
ЕтIуанэ махуэм жьыуэ лIыжьыр мэзым пхъашэ кIуащ. ЩIалэм и щыкъумкIэ еунэтI. И щыкъу анэмрэ и щыкъуадэмрэ уэгъуэ зырыз ярихри, а тIури шыд ищIащ, и адэм хуэлIыщIэну къыхуихуащ.
НэщI хъуат хъаным и унэр. Ауэ хуейтэкъым Ахъмэт абы щыпсэуну. ЩIалэм хъаным и мылъкур тхьэмыщкIэхэм яхуигуэшри, езым и губгъуэм щылэжьэн щIидзэжащ, и адэ-анэр игъашхэрэ игъафIэу.
Хьилэшы къэрабгъэ
БГЫ ЛЪАПЭМ деж хьилэшыуэ икIи къэрабгъэу зылI щыпсэурт. Ар апхуэдизкIэ сытми щышынэрти, пщыхьэщхьэм унэм къыщIэкIын хуей хъумэ, и фызыр е и джэдур къыздыщIишырт. И хьэлым зыщимыхъуэжым, цIыхухэм абы Хьилэшы къэрабгъэ къыфIащащ.
Зэгуэрым, жэщыр къэблэгъауэ, ар и фызым и гъусэу къуажэ уэрамхэм языхэзым къытехьащ. Фызым жеIэ:
- Еплъыт, жэщыр мазэхэу кIыфIщ. Мыпхуэдэ жэщым шы гуартэ къепхужьэу бгым щыбгъэпщкIуну гугъу хъунукъым. Гуартэм хэт шыхэм нал ящIэлъкъыми, я лъэ макъыр зэхэпхынукъым, дыгъужьхэри мыпхуэдэ жэщым къежьэркъым.
ЛIым «дыгъужь» псалъэр зэрызэхихыу, щIэпхъуэри, унэм нэсыжыху къэувыIакъым.
Ар зэхахыжа нэужь, къуажэдэсхэр ину дыхьэшхащ. Мо Хьилэшым къызэрыщIэнакIэр и гум ежалIэри, и щхьэр къуажэм дихыну мурад ищIащ, пщIэрэ щIыхьрэ къимылэжьу къимыгъэзэнуи игу ирилъхьащ. Гъуэгу гъуэмылэу абы ерэнрэ кхъуей цIынэ хъурейрэ къыздищтащ.
Куэдрэ кIуа, мащIэрэ кIуа, жэщищ-махуищкIэ гъуэгу тетауэ, нэху здэщым маплъэри, зы Иныжь щытщ. Щышынат, ауэ зыкъригъэщIакъым.
- УкъысIэрыхьа иджы, цIыкIужьей, иIэ, дызэгъэзауэ! - жеIэ Иныжьым.
- ИIэ, - кIэзызу къет жэуап Къэрабгъэм. - ЩIым дагъэ къыпхущIэхумэ сегъэплъыт!
Иныжьым щIыр лъакъуэкIэ иубэурэ зыщIыпIэ деж кумбышхуэ къыщриудащ, арщхьэкIэ дагъэ лъэпкъ къэлъагъуэртэкъым. Къэрабгъэр тIэкIу IукIуэтри, Иныжьым гу лъримыгъатэу, ерэныр зэрыт фалъэм пшахъуэ тIэкIу трикIутащ. ИтIанэ, щIым теувэ хуэдэурэ, абы лъэдакъэкIэ теуэри, ерэныр къижащ. Иныжьым игъэщIэгъуащ, ауэ зыри жиIакъым.
- Уин щхьэкIэ, укъарууншэщ уэ, - жиIащ Къэрабгъэм. - Мы мывэ хужьхэм языхэз зэгуэудыт уи IэмкIэ.
Иныжьыр куэдрэ еуащ мывэ хужьхэм, арщхьэкIэ ирищIэфаIакъым, цы къызытеблэбл и Iэр игъэузыжа фIэкIа. Хьилэшым и кхъуей хужьышхуэр щэхуу кърихри, куэдрэ еуэнт - тIууэ зэпигъэхуащ.
- Уэ ущынэхъ лъэщкIэ, дяпэкIэ унафэ щIы, - жиIащ Иныжьым, - сэ згъэзэщIэнщ.
Хьилэшым унафэ ищIащ мыIэрысей нэхъ лъагэ дыдэм пыт мыIэрысэхэр къыхупичыну. Иныжьым жыг къудамэр Iэ лъэныкъуэкIэ къришэхащ. ТIуми загъэнщIыху яшхащ мыIэрысэ IэфIхэр. Хьилэшым и бгырыпхыр къудамэм зэрыфIэнам гу лъитакъым. Иныжьым жыг къудамэр щиутIыпщыжым, мо Къэрабгъэри къурш лъагэм здыдрихьеящ.
- Сыт абы ущIыдэкIуеяр? - йоупщI Къэрабгъэм Иныжьыр.
- Бгыр къэмыуэн щхьэкIэ зыщIэзгъэкъуауэ аращ, - зыкъиумысыркъым модрейми.
Ар бгым къехыжри, тIури зэгъусэу кIуащ иныжьхэр щыпсэу бгъуэнщIагъым.
Иныжь гупым Хьилэшым пэгун къыIэщIагъэуващ: «Псы къытхуэхь!» - жаIэри.
- Пэгун сIыгъыу сыкIуэ-сыкъэкIуэжу сыIутыну? Бел къызэфти, езы псыр мыбыкIэ къэзгъэжэнщ, - яжреIэ езыми.
Иныжьхэр шынэри, пэгуни бели къратакъым. Псори зэхуэсыжри, хасэ зэхаублащ, «Мы емылыджыр ди натIэм дауэ идгъэкIа хъуну?» - жаIэри. Зыкъомрэ зэдауэхэри: «ДыщэхэкIрэ налкъутналмэсрэ дэзу пхъуантэ еттынщи, хьэщIэ лъапIэ хуэдэу, унэм едгъэшэжынщ», - жаIэри унафэ къащтащ.
Арати, Къэрабгъэр япэ иту, абы и ужьым иныжьхэм я нэхъ иным пхъуантэр IэщIэлъу йожьэ. Ауэрэ къуажэми носыж.
- Уэ зэкIэ мыбдеж щыт, - жреIэ Иныжьым Хьилэшым. - Сэ унэгуащэм хъыбар езгъэщIэнщ, хьэщIэ лъапIэ зэрызигъусэмкIэ.
Иныжьым зэхех Хьилэшым и фызым зэрыжриIэр:
- Дызэдзэкъэн гуэр гъэхьэзыр.
- Тхьэ, сымыщIэ Iэнэм къытеслъхьэнур, - жеIэ цIыхубзым, и лIым зэригъэIущам тету. - Унэм зыри щIэлъкъым зы иныжьыкуэ фIэкIа, ар згъэжьэнщ.
Иныжьым абдежым и псэр хьэршым мэкIуэж. ПсынщIэу пхъуантэр егъэтIылъри, и къару къызэрихькIэ щIопхъуэ. Здэжэм, Бажэ къыхуозэ. Къэхъуар щыжриIэм, Бажэр къопсалъэри:
- Уи лажьэIа? А зи гугъу пщIым нэхъ шынэкъэрабгъэ мы Iэгъуэблагъэм искъым. Сэ нэгъунэ къысщошынэ ар. Уи фIэщ мыхъумэ, си кIапэр убыди накIуэ.
ЩIегъуэжри, Иныжьым къуажэмкIэ игъэзэжащ, ауэ Бажэм и кIапэр иутIыпщын дзыхь ищIыртэкъым. Къэрабгъэм и унэм нэсахэщ. Хьилэшыр щхьэгъубжэмкIэ къыдоплъри, Бажэм къыжреIэ:
- Сыт, КIапэшхуэ, мы иныжь уэд къысхуэпшари? Фэрэ къупщхьэрэ фIэкIа кIэрылъкъым мыбы. Сыт сэ ар зэрызбгъэщIынур?
Бажэм къигъэпцIауэ гурыщхъуэ ищIри, къэгубжьащ Иныжьыр. Бажэр къищтэщ, мывэм тридзэщ, зэгуиудри езыр щIэпхъуэжащ. Иныжьхэм я бгъуэнщIагъым зэрынэсыжуи, Хьилэшым и унэм иныжьхэр зэрыщагъажьэр яжриIэжащ.
Абдежым иныжь лъэпкъым гузэвэгъуэ я псэм телъу зыкъаIэтри, Iэгъуэблагъэм икIыжыпащ. Абы лъандэрэ а лъэныкъуэм иныжь ущрихьэлIэжыркъым.
Хьилэшым Бажэм и фэр трихри, пыIэ ищIащ, хуэмурэ и цIэ лейхэри кIэрыхужащ.
Сурэтыр Пономаренкэ Павел ищIащ.
Тхьэм уиузэщI, щауэ махуэ
ЗЫ ЩIАЛЭФI ПСЭУРТ, зэрыщхьэгъусэншэм нэхъ гукъеуэ имыIэу. Къуажэ гуэрым хъыджэбз дахэ дэсу зэхихати, абы лъыхъуну мурад ищIащ. Арати, щауэм и ныбжьэгъухэр зыщIегъури гъуэгу тоувэ. КIуэм-кIуэхэурэ, зэныбжьэгъухэр губгъуэшхуэм къыщыхутащ. Маплъэри, губгъуэм цIыху гуэр къежыхьри итщ, щхьэлмывэ и лъакъуэм кIэрыщIауэ, езым къашыргъэхэр кърехуэкI.
ЩIалэхэм ягъэщIэгъуащ ялъагъур.
- Сыт, къуэш, пщIэр, уэри езыр ухэт?
- Сэ сы-ПсынщIэрыкIуэщ, - къарет жэуап, - къашыргъэхэр согъэхъу.
- Мы щхьэлмывэхэр уи лъакъуэм щIыкIэрыщIар сыт-тIэ?
- Сримыхьэжьэн щхьэкIэ. Мывэхэр фIэсхмэ, дунейм и гъунэм сыкъыщыхутэнущ, апщIондэху къашыргъэхэр зэбгрыжынущ. Фэ дэнэ фыздэкIуэр?
- Дэ къуажэ жыжьэ докIуэ ди ныбжьэгъум нысащIэ къыхуэтшэну.
- КхъыIэ, сэри сыздэфшэ, сыкъыфхуэсэбэпынщ.
Зэныбжьэгъухэр зэчэнджэщхэри, къыздащтэну мурад ящIащ. АдэкIэ макIуэхэри, Iуащхьэшхуэ щытщ. Абы цIыху гуэр тетщ, адэ-мыдэкIэ зигъазэурэ гуфIэу. Абы бгъэдыхьащ ди щIалэфIхэр.
- Ухэт уэ, сыт мыбдежым щыпщIэр? Сыт апхуэдизрэ зыщIэбгъэкIэрахъуэр?
- Сэ сы-Жыжьаплъэщ, - къитащ жэуап цIыхум. - Iуащхьэм сытету соплъэри, щIыпIэ жыжьэхэм щекIуэкIыр солъагъу. Фэ дэнэ фыздэкIуэр?
- Дэ къуажэ пхыдза гуэрым докIуэ ди ныбжьэгъум нысащIэ къыхуэтшэну.
- КхъыIэ, сэри сыздэфшэ, сэбэп сыфхуэхъунщ.
Ари къыздащтащ щауэхэм.
АдэкIэ макIуэхэри ялъагъу: зыгуэр гъуэгум телъщ, хъумпIэцIэдж абгъуитIым я зэхуакум и щхьэр дэлъу, езыр зимыщIэжу мэдыхьэшх.
Зэныбжьэгъухэр абы бгъэдыхьэри, еупщIащ:
- Ухэт уэ, удыхьэшхыу мыбдежым ущIыщылъыр сыт?
- Сэ хъумпIэцIэджхэм жаIэм содаIуэри аращ сыщIэдыхьэшхыр. ГъэщIэгъуэнщ мыбыхэм я хъыбархэр. Фэ дэнэ фыздэкIуэр?
- Дэ къуажэ гъунэгъум докIуэ ди ныбжьэгъум нысащIэ къыхуэтшэну.
- Сэри сыздэфшэ, сэбэп сыфхуэхъункIи хъунщ, - жеIэ ТхьэкIумафIэм.
- НакIуэ, - арэзы хъуащ шууейхэр.
АдэкIэ макIуэхэри псыежэх ялъагъу. Абы зыгуэр щхьэщыгъуэлъхьауэ зэ Iубыгъуэм псым и ныкъуэр зыжьэдешэ-къызыжьэдегъэжыжри щытщ.
- Ухэт уэ, сыт мыбдежым щыпщIэр? - щIэупщIащ мыргуэрым щIалэхэр.
- Сэ сы-Псыбафэщ, - къарет щIалэм жэуап. - Псыр зыжьэдызошэри, бдзэжьейхэр сошх, псыр къызыжьэдызогъэжыж. Фэ дэнэ фыздэкIуэр?
- Дэ хъыджэбзым дрилъыхъущ, къуажэ гуэрым докIуэ.
- Сэри сыздэфшэ, зыгуэркIэ сыкъэсэбэпынщ, - мэлъаIуэ ар.
Ари къыздащтащ. МакIуэхэри-макIуэ, ауэрэ хъыджэбзым и къуажэми нэсащ. Къуажэдэсхэр, гупыр къыщIэкIуар къызэращIэу, я щхьэхэр ягъэкIэрэхъуащ:
- Мис аргуэру зы тхьэмыщкIэ къэкIуащ. Щхьэ бгъущIрэ бгъурэ пагъэлъэтащ мы хъыджэбзым щхьэкIэ. Щэ иримыкъуу хъуну къыщIэкIынкъым.
ТхьэIухудым и адэр къыщIокIри, къоупщI лъыхъум:
- Сыт укъыщIэкIуар?
- Сэ уипхъу тхьэIухудыр щхьэгъусэ сщIыну сыхуейщ, арэзы ухъумэ, - жи щIалэм. - Умыхъумэ, щэхуу згъэкIуэсэнущ.
- Хъарзынэщ, - жи адэм. - Сыарэзыщ си пхъур уэстыну, жысIэр бгъэзащIэмэ.
- Сыт сщIэн хуейр?
- Е уэ е уи ныбжьэгъур псом нэхърэ нэхъ жэр ди уд фызыжьым фытежын хуейщ.
Къэнэщхъеящ щIалэр. И ныбжьэгъухэм я деж къигъэзэжри, къажриIэжащ зэхихар. Абдежым щхьэлмывэ зи лъакъуэхэм кIэрыщIа щIалэр къопсалъэ:
- Умынэщхъей, къуэш. Сэ къыстежынукъым ар.
Лъыхъу щIалэр гъуэлъыжащ. Пщэдджыжьым хъыджэбзым и адэм хъыбар къаригъэщIащ зэхьэзэхуэм зэрыщIидзэмкIэ. ТIэкIу дэкIри, къэлътмакъ гуэр и плIэм илъу фызыжь фIыцIэ цIыкIу къэкIуащ.
- Хэт ди нанэм дэжэнур фэ фщыщу? - щIоупщIэ хъыджэбзым и адэр.
Щхьэлмывэ зи лъакъуэхэм кIэрыщIар къахоувыкIри:
- Сэ сыдэжэнущ, - жеIэ.
ЦIыхухэр зэкIуэцIылъэлъу мэдыхьэшх, дауэ мор щхьэлмывэ и лъакъуэм фIэлъу зэрыжэнур жаIэри.
Фызыжьым ПсынщIэрыкIуэр губгъуэм здишэри игъэтIысащ, тIэкIу зыдгъэпсэхунщи, итIанэ дыщIэпхъуэнщ жыхуиIэу.
- Хьэуэ, - жиIащ ПсынщIэрыкIуэм, мыр гъунэгъуIуэщ, нэхъ жыжьэу дыIугъэкIуэт.
Удыр жыжьэрэ-жыжьэу щIыпIэ гуэрым ишащ, къимыкIухьыжыфу ешыху. ТIысри загъэпсэхуащ. Фызыжьым и къэлътмакъым шыгъу хьэлывэ кърихри, ПсынщIэрыкIуэм къыхуишиящ:
- Мэ, умэжэлIа къыщIэкIынщ, - жиIэри. Езым кхъуей зыдэлъ хьэлывэ ишхащ. ПсынщIэрыкIуэм хьэлывэр ишхри, псы хуэлIащ.
- Псы къытхуэгъуэт, нанэ, сомэх, - йолъэIу ар фызыжьым.
Нанэм и бгырыпхым кIэрыщIауэ иIыгъ фэлъыркъэб цIыкIур къыкIэритIэтыкIри, ПсынщIэрыкIуэм къыхуишиящ.
- Ефэ, си щIалэ цIыкIу, уи псыхуэлIэр игъэкI.
Псыр зэрырифу, ПсынщIэрыкIуэм абдеж дыдэм зыщигъэукIурийри, асыхьэтми жеящ. Фызыжьым ар къызэрилъагъуу къыщIэпхъуащ.
ЦIыху цIыкIур гузавэу къуажэм щызэхэтщ. «ЩIалэр щхьэ къэмылъагъуэрэ?» - жаIэри заплъыхь. Жыжьаплъэр плъэмэ:
- Фызыжьым и закъуэ къожэ, - жиIэри хъыбар яригъэщIащ. Нэхъри еплъмэ:
- УэI! Игъэжеящ щIалэр фызыжьым, - жи.
Жыжьаплъэм мывэ идзащ, ар щIалэм и плIэм техуэри къэушащ. Йоплъри - фызыжьыр щысыжкъым! И лъакъуэхэм фIэлъ щхьэл мывэхэр къыкIэритIэтыкIри щIэпхъуащ. Удым лъэбакъуищ ичатэкъым ПсынщIэрыкIуэр абы тежыжу щынэсыжам щыгъуэ.
ТхьэкIумафIэр даIуэри, хъыджэбзым и унэм щекIуэкIыр зэхихащ:
- Адэр хуейкъым и пхъур лIы иритыну. Хьэкушхуэ иIэщи, ар игъэплъу дригъэтIысхьэну зегъэхьэзыр.
Щауэм ар зэхихри, нэхъри къэнэщхъеящ:
- ЛIо иджы тщIэнур?
- Зыри, - жиIащ Псыбафэм. - Зыгуэр етщIэнщ хьэку гъэплъами.
Пщыхьэщхьэм бысымыр хьэщIэхэм къоджэ:
- ХьэщIэ куэд къысхуэкIуащ. Пэш псори яубыдащи, хьэкум фIэкIа фыщызгъэгъуэлъын сиIэкъым. Ар инышхуэщ - псори фихуэнущ, щIыIэми фисынукъым. Дыпсэууэ нэху дыкъекIмэ - Iуэхуми дытепсэлъыхьынщ.
- Хъунщ, - жиIащ Псыбафэм, - ауэ дымызэшын щхьэкIэ шыкIэпшынэ къытхуэхь. ЗэкIэ сыкIуэнщи, псы тIэкIу сефэнщ.
ЦIыхухэм ягъэщIагъуэ:
- Хьэкум ирагъэжьыхьыну ягъакIуэри, езыр шыкIэпшынэ щIолъэIу.
ШыкIэпшынэ къалъыхъуэху, Псыбафэм псыежэхым и ныкъуэ ирифри, къэкIуэжащ. Псори хьэкум ипщхьащ. Бысымым унафэ ищIащ хьэкубжэр быдэу ягъэбыдэну. Псыбафэм псыр къыжьэдигъэжыжурэ мафIэр игъэункIыфIри, хьэкум и блынхэри игъэупщIыIуащ. Псори тыншу и лъэгум игъуалъхьэри загъэпсэхуащ.
Пщэдджыжьым бысымым унафэ ищIащ хьэкум яжьэр къратхъуу, жьым хапхъэжыну. Хьэкубжэхэр Iуахмэ - хьэщIэхэр мэгушыIэжри исщ, Псыбафэр шыкIэпшынэм яхуоуэ.
...Зэныбжьэгъухэр хьэщIэщым щIэсщи, поплъэ нысащIэр къыщыщIашынум. ТхьэкIумафIэр даIуэри, хъыбар къаригъэщIащ:
- Иджыри хуейкъым адэм пхъур лIы иритыну. Хъыджэбзыр къэушу дэн щыщIидзэ сыхьэтыр къэтщIэн хуейуэ егъэув.
Лъыхъу щIалэм аргуэру и щхьэр къыфIэхуащ:
- Сыт сщIэжынур? Дауэ щхьэгъусэншэу сыкIуэжыну? Си щхьэр хэмыкIуэдэну пIэрэ мы Iуэхум?
- Умыгузавэ, - жи Жыжьаплъэм. - Сэ псори къэслъагъунущ, Iэмал гуэр къэдгъуэтынщ.
Пщыхьэщхьэм тхьэIухудым и адэ къуэшыр хьэщIэщым къыщIохьэри жеIэ:
- Ди хъыджэбзым и къэушыгъуэр къызэрыфщIэну щIыкIэм седэIуэну сыкъагъэкIуащ.
ЩIалэхэр жэщ псом мыжейуэ щысхэщ, бысымым и къуэшри къабгъэдэсщ. Нэху щыным куэд имыIэжу, Жыжьаплъэм жеIэ:
- Мес, - жи, - бысымым и пхъур къэушауэ зегъазэ, ауэ къэтэджын мэщхьэх. Мис хущхьащ, къэтэджауэ вакъэхэр къелъыхъуэ. Къэгубжьащ, лъэныкъуэр игъуэтыжыртэкъыми. Аргуэру гъуэлъыжауэ мэжей.
Ауэрэ нэху щащ. Адэ къуэшыр и шынэхъыжьым деж кIуэри, псори жриIэжащ. Адэр и щхьэгъусэм еупщIащ:
- Къэтэджа хъыджэбзыр? Дэн щIидза?
- Къэтэджащ, ауэ дакъым, - жи и фызым.
- Сыт щIэмыдар?
- И вакъэ лъэныкъуэр игъуэтыжатэкъыми, къэгубжьри гъуэлъыжащ.
Сыт ищIэжынт адэм - щIалэхэм «къуажэ» псори яхьат, адэм яхуигъэува къалэн псори ягъэзэщIат. И псалъэм темытыжу хъунутэкъым. НысащIэр зэрыс гу гъэщIэрэщIар гупым япэ иту, нысашэр къежьэжащ.
Псыбафэр здэщыса псым и Iуфэм къэсахэщ.
- Тхьэр арэзы къыфхухъу. Сэ мыбдеж сыкъэнэжынщ, ди бдзэжьейхэр куэдыIуэ хъуа къыщIэкIынщ. Дзыхь къызэрысхуэфщIамкIэ си гуапэ фщIащ, ныбжьэгъу сыфщIыну зэвусыгъуэджакъым. Гъуэгу махуэ! ГъащIэ дахэ Тхьэм къывит!
Гупыр нэхъри унэм къоблэгъэж. Ауэрэ ТхьэкIумафIэр хъумпIэцIэджхэм жаIэм едаIуэу здэщылъа щIыпIэм къэсыжахэщ.
- Тхьэр арэзы къыфхухъу, пщIэ къысхуэфщIу сызэрыздэфшам щхьэкIэ. Си хъумпIэцIэджхэм хъыбар куэдыIуэ яфIызэтрихьауэ си гум жеIэ. Узыншэу Тхьэм фынихьэсыж, насыпыфIэу Тхьэм фигъэпсэу!
Гъуэгур кIуэ пэтми нэхъ кIэщI мэхъу. Иджы ар Жыжьаплъэм и Iуащхьэм къэблэгъащ.
- Фыпсэу, ныбжьэгъухэ. Сэ мыбдеж сыкъыщыувыIэжынщ, ихъуреягъкIэ щекIуэкIыр зэзгъэщIэнщ.
Къэнахэр къожьэжри, ПсынщIэрыкIуэм къашыргъэхэр къыщрихуэкIа губгъуэм къос.
- Тхьэм уиузэщI, щауэ махуэ, - зыхуигъэзащ ПсынщIэрыкIуэм щIалэм, - фызыжьым сызэрытежынур уи фIэщ хъууэ сызэрытебгъэкIуам щхьэкIэ. Куэд щIауэ зэхэсхат сэ а нанэм и хъыбар, ауэ зыщыщыр сщIэртэкъым. Уи нысащIэмрэ уэрэ насып куу Тхьэм къывит. Гъуэгу махуэ! Сэ мыбдежым сыкъэнэжынщ, си къашыргъэхэр зэбгрыжащи, зэщIэзмыкъуэжу хъунукъым.
ЩIалэщIэм нысащIэр и гъусэу къуажэм къэсыжащ, я хьэгъуэлIыгъуэ дахэри жэщибл-махуиблкIэ екIуэкIащ, унагъуэщIэри тхъэрэ-псэууэ къэнэжащ.
Нарт зэкъуэшхэр.
Сурэтыр СЭВКIУИЙ Хьэмид ищIащ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1968.txt"
} |
МЭРЕМ ПШЫХЬ
ГушыIэ
Хъуэжэ езым зыкъигъэпцIэжащ
Хъуэжэ пIащIэу унэм кIуэжырт. Уэрамым щызэхэт цIыху гупым щаблэкIым зыгуэр къеупщIащ:
- СлIожь, Хъуэжэ, уи кIэм мафIэ щIэна, дэнэ апхуэдизу упIащIэу уздэжэр? - жиIэри.
Хъуэжэ и кIэм еплъыжри:
- Хьэуэ, мафIэ лъэпкъ слъагъуркъым, - жиIащ.
- АтIэ дэнэ уздэжэр? - къеупщIащ аргуэру а зэгуэпыгъуэр.
Хъуэжэ къызэтеувыIащ, лIыр гъунэгъуу къызыбгъэдишэри щэху дыдэу жриIащ:
- Хъурмэ куэд къашауэ къалэжьыщхьэ деж пщIэншэу щат, си хъуржыныжьыр цIыкIуIуэ къысщыхъужауэ чыматэри къэсщтэну сокIуэж, зыми жумыIэу уи закъуэ къыдэкI, - жиIэри Хъуэжэ ежьэжащ.
Зы тэлай дэкIауэ, Хъуэжэ щхьэгъубжэмкIэ къыдэплъри къилъэгъуащ пэгун, матэ, хъуржын яIыгъыу хъурмэхьэ пхъэра цIыхухэр.
- Алыхь-алыхь, зыхэзгъэкIыжырти пщIэншэу ят хъурмэм, - жиIэри и хъуржыныжьымрэ зы чыматэрэ къищтэри езыри якIэлъыдэжащ бгым.
КъэпцIа цIыхухэр бгыщхьэм щызэрызехьэу тетт, къэзыгъэпцIам лъыхъуэхэу. Япэ зыхуэзауэ щыта лIым Хъуэжэ къызэрилъагъуу, къепхъуэри утыкум ирилъэфащ:
- Мис а пцIыр зыгъэIуар, - жиIэри.
- Хэт жысIэу зэхиха? КъызэфшалIэ мыдэ! - къахуикIуэтакъым Хъуэжэ.
- Сэ щэхуу къызжепIащ, - жиIэри лIы зэгуэпыгъуэр къэуващ.
- Си шыдыр хьэм щишхым щыгъуэ си макъым къызэрикIкIэ сыкIиияти, зыми зэхихакъым, иджы уэ зым щэхуу бжесIар сыту псынщIэу къуажэ псом щызэлъащIыса? - жиIэри яхуидакъым Хъуэжэ «пцIы» къытралъхьэу.
КъардэнгъущI Зырамыку.
ЖыIэгъуэхэр
Iейм зыкъызэкъуех, фIыр къызэрокI
♦АкъылыфIэр гъуэмбми йозагъэ, акъыл ныкъуэр дунейм техуэркъым.
♦Губзыгъэм зыфIегъэлIыкI, делэм зыщегъэшынэ.
♦Делэ унафэ гъэзэщIэгъуафIэщ: къутэн мыхъумэ, щIын гугъу ящIыркъым.
♦Пщыхьэщхьэм нэхърэ пщэдджыжьыр нэхъ Iущщ жаIэ, арагъэнщ Iуэхур пщыхьэщхьэм щIалэжьыр.
♦Баш иупсу къыщымыхъуу пцIы еупс.
♦Зы пэж жыуамыгъэIэн щхьэкIэ пцIищэ уагъэупсыни!
♦КъысфIощI щыжаIэми, шэч къытрахьэу къызыфIомыгъэщI.
♦ЖыIэкIэмыщIэм гупсысэ дахэри фэладжэ ещI.
♦ЕпIуэкIыу зэман йомыгъэхьу, жыIи пыкI.
♦Сэбэпыншэ зэпэубыда щыIэкъым.
♦ХуэщIэ хуэщIи, зэ хуомыщIэжыфмэ, къаугъэ ухадзэнщи, утыншыжынщ.
♦Дзыхэр узым нэхъ къол, бэшэчым нэхърэ.
♦Къоуз псом и гугъу япэ къыпхуэзэм хуомыщI: езым къригъажьэмэ, сыкъэпщIэнщ.
♦Ежьужь мащIэ гум щыгъуалъхьэрэ?
♦Iейм зыкъызэкъуех, фIыр къызэрокI.
♦Дунейм и махуитI зэхуэдэкъым - цIыхури апхуэдэщ.
♦Дзажэр хьэлъэху, зылъэфым и лъэр нэхъ щIокI.
♦Зэрыщымыту зыкъыпщызыгъэхъур, зэрыщытым тоукIытыхьыж.
♦Къэбгъуэтыжар щIэуэ къыпхэхъуам хуэдэжкъым - гуфIэгъуэ дыдэщ.
Бейтыгъуэн Сэфарбий.
Адыгэ лIакъуэхэр
Абазэхэхэр
Абазэхэхэр курыт лIэщIыгъуэхэм адыгэ лъэпкъхэм я нэхъ инхэм ящыщ зыуэ щытащ, иджы адыгейкIэ (кIахэ адыгэкIэ) дызэджэм хыхьэ зы гупщ. Пасэ зэманым лъэпкъым и цIыхухэр нэхъыбэу зэлэжьу щытар гъавэ щIэнымрэ Iэщ гъэхъунымрэщ, апхуэдэу абыхэм яIэт жыг хадэ хъарзынэхэри. ЩIым къытрах, Iэщым къыпах хъерымкIэ сату дащIырт я гъунэгъу лъэпкъхэм.
XVIII-XIX лIэщIыгъуэхэм Кавказыр къэгъэIурыщIэным хуэунэтIауэ урысей пащтыхьхэм ирагъэкIуэкIа Iуэхугъуэхэм я зэранкIэ абазэхэхэм ящыщу я лъахэм къинэжар цIыхуу исам и Iыхьэ пщIанэрщ. 1863 гъэм генерал Евдокимовым а лъэпкъым ирищIылIа зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ, ахэр Псыжь Iуфэ и тафэ щIыпIэхэм итIысхьэн е 1864 гъэм и мазаем и 1 пщIондэ Тыркум Iэпхъуэн хуейт. Унафэр зымыдахэр хэкум икIыжащ, адрейхэр къуршым ихьэжыгъащ, ауэ бгыхэми ахэр къахъумэфакъым: щIыIэмрэ мэжэщIалIагъэмрэ икIуэдыкIащ. 1901 гъэм абазэхэ адыгэу Кубань областым къинэжар цIыху мини 5-м щIигъуртэкъым.
Абазэхэ адыгэхэр нобэ куэд хъужыркъым. Ахэр щопсэу Хьэкуринэхьэблэ, Мамхэгъ жылэхэм (Адыгэ Республикэ). А жылэхэр тIысауэ щытащ 1862 - 1863 гъэхэм, Хуарзэ псыр яку дэжу. 1958 гъэм Хьэкуринэхьэблэрэ Мамхэгърэ зэгуагъэхьэжри Щоджэнхьэблэ къуажэ къызэрагъэпэщащ. Адыгэ Республикэр къэунэхуа нэужь ахэр зэгуагъэкIыжри япэм яIа цIэхэр иратыжащ. А жылэхэм щыпсэухэрщ адыгэбзэм и абазэхэ диалектым ирипсалъэхэр.
Беслъэнейхэр
«Беслъэней» фIэщыгъэцIэр къэбэрдеипщхэр къызытепщIыкIыжа Инал и къуэ Къэсей и къуэ Беслъэн деж къыщежьэу тхыдэтххэм хуагъэфащэ.
Курыт лIэщIыгъуэхэм беслъэнейхэр Псыжь и адрыщI Лабэ и Iуфэ щIыпIэхэм щыпсэуащ. Беслъэней пщыхэм я къежьапIэр Инал и лIакъуэ Къанокъуэщ, ауэ ахэри унагъуитIу гуэшыжащ - Щолэхъухэрэ Бэчмырзэхэрэ. А унагъуитIым яIэщIэлъащ щIышхуэ, БеслъэнейкIэ еджэу. Беслъэнейхэр къэбэрдейхэм къакIэлъыкIуэу адыгэ лъахэм и къуэкIыпIэ лъэныкъуэм щыпсэурт. XIX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм беслъэнейхэр я бжыгъэкIи, я псэукIэкIи адыгэ лъэпкъхэм я нэхъ лъэщхэм ящыщ хъуат. Ауэ абы и цIыху куэд Кавказ зауэм хэкIуэдащ, нэхъыбэж Тыркум Iэпхъуащ. Къэбэрдейхэмрэ кIэмыргуейхэмрэ яку дэса беслъэнейхэр хэкум икIыжа нэужь, зэпыча хъуащ къуэкIыпIэмрэ къухьэпIэмрэ щыпсэу адыгэхэм я зэпыщIэныгъэр, къэбэрдей адыгэбзэр адрей адыгэхэм я бзэм къыгуэщхьэхукIащ.
Мы зэманым беслъэнейхэр щопсэу Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и Беслъэней, ВакIуэжылэ къуажэхэм, Адыгэ Республикэм хыхьэ Блашэпсынэрэ Улапрэ, Краснодар крайм щыщ Успен районым и Кургъуокъуейрэ Къанокъуейрэ. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, беслъэнейхэр цIыху мини 8-м ноблагъэ, къэбэрдей-шэрджэсыбзэм и беслъэней диалектым иропсалъэ.
Тхыгъэ кIэщI
Зи чэзур
Гъэмахуэ мазищыр икIа пэтми, дунейр, япэхэми хуэдэу, уэфIт, махуэ къэс дыгъэ къепсырт, хуабэти, «Сэ си пIалъэр иджыри икIакъым, - жиIэрт гъэмахуэм. - Япэхэми хуэдэу, хуабэу иджыри зыкъомрэ сыщытыфынущ. Си гугъу къэвмыщI бжьыхьэ кIэмэлъамэхэм!»
Бжьыхьэм ар идэртэкъым. «Уэ уи пIалъэр зэрикIрэ куэд щIащ, иджы сэращ чэзур зейр, - жиIэрт абы. - Плъагъуркъэ, си нэщэнэу, мы жыг щIагъхэм щIэлъ пщIащэ гъуэжь-плъыжьыфэ къомыр?! Къуалэбзухэри хуабэ щIыпIэхэм лъэтэжащ. Аращи, лъэныкъуэ зегъэзи хуит къысхуэщI дунейр. Сыт хуэдиз сиIэ сэ бжьыхьэ уэшхрэ пшагъуэ Iуву! Сэри згъэлъэгъуэну сыхуейщ слъэкIыр».
Апхуэдэу гъэмахуэмрэ бжьыхьэмрэ зэдауэурэ, щIымахуэр къэсри тIури хьэрэкъуакIэ дихуэжащ. Уэсыр джабын хужьу щIылъэм къытрилъхьэщ, уаер напэм епхъуэу къиутIыпщщ, псыежэххэм мыл афэхэр ящитIагъэри…, и бий псоми ятекIуа дзэпщу, лъэбакъуэхъуу къэуващ щIымахуэр: «Сэращ зи чэзур!» - жиIэри. ИкIи абы зыри пэпсэлъэжакъым, зыри пэрыуэфакъым, гъатхэр къэсыху. Гъатхэр абы текIуащ хуабагъэ, гуапагъэ защIэкIэрэ. Къузауэ, хузауэ щIымахуэм иIыгъа псори дыгъэ къарукIэ хуит къищIыжри, дунейр ящIэщыгъуэу игъэбэуэжащ. Арат, гъатхэм и чэзумэ!
Къагъырмэс Борис.
ХЬЭЩIЭ БЗАДЖЭ
Хъыбар
ГъуэгурыкIуэ гуэр, пшапэр зэхэуати, зы пщIантIэ гуэрым дыхьащ:
- Мы унэм нэху сыкъыщекIынщ, - жери.
ПщэфIапIэм фыз къыщIэкIри, къыIущIащ.
- Фи унэ ныжэбэ сивгъэлъын? - жиIащ гъуэгурыкIуэм.
- Езыр дэскъым, мэз кIуащи, и къэсыжыгъуэ хъуащ, унэм ихьи, пэплъэ, - къыжриIащ фызым. - АпщIондэху сэ сыфхуэпщэфIэнщ.
ЛIыр унэм ихьэри, тIысащ. Бысымыр къэсыжащ.
- ХьэщIэ диIи! - жиIащ бысымым. - Ауэ тIум я зыращ унэм дилъ хъунур.
- АтIэ сэ силъынщ, - жиIащ хьэщIэм.
ХьэщIэм зэрыфIэмыкIынур къыгурыIуащ бысымым. КъыгурыIуэри, ебзэджэкIын мурад ищIащ.
- Абы щыгъуэ, - жиIащ бысымым, - дыкъызэдэпкIэнщи, нэхъ жыжьэ пкIэр унэм къинэнщ.
- Хъунщ, - жиIащ хьэщIэм. - Уэ убысымщи, япэ пкIэ.
ЖьантIэм дэувэри, бысымыр пкIащ - бжэщхьэIум нэсакъым. ХьэщIэр пкIэри, бжэщхьэIум фIэкIащ.
- Унэр уэ къыплъысащ, - жиIащ бысымым. - Дышхэнщи, угъуэлъыжынщ.
ХьэщIэмрэ бысымымрэ пщэфIапIэм кIуащ. Фызым Iэнэ къахуигъэуващ.
Iэнэм бгъэдэтIысхьа щхьэкIэ, бысымыр шхакъым: зэ-тIэу едзакъэри, тIысыжащ:
- Мыхъумышхэ сыхъуащи, шхын сщыкIуэркъым нобэ, - жери.
- Сэ сыгъуэгурыкIуэщ, сымэжэлIащ, - жиIащ хьэщIэм, икIи фызым къахуигъэува Iэнэр иухъуэнщIащ, бысымым и гурыIупсыр къажэурэ.
ХьэщIэр шхэри, унэмкIэ игъэзэжащ.
- Мэз нэщI щIэта жыхуаIэращ, шхын щхьэкIэ солIэ, зыгуэр тхуэпщэфI, - жриIащ бысымым унэгуащэм.
- Си хьэзырыр Iэнэм нытеслъхьэри нэзгъэуват, хьэщIэм щхьэ удэмышхарэ? - игъэщIэгъуащ фызым. - Зэ-тIэу ухэIэбэри, щыбгъэтыжащ.
- Теурэзыр къыхукIуэ абы: сэ щызгъэтыжмэ, тэджыжын си гугъащ.
- Мэжаджэ пхуэзгъэжьэнщ, - жиIащ фызым.
- Гъажьэ.
Фызым мэжаджэр игъэжьэну тригъэуващ.
Мэжаджэр мыжьэ щIыкIэ, хьэщIэр пщэфIапIэм къыщIыхьащ.
- Жейм уезэгъыркъэ, ди хьэщIэ? - жиIащ бысымым.
- Зыгуэр сигу къэкIыжащи, сигъэжейркъым, - жиIащ хьэщIэм.
- ЩIалэ зеиншищ си гъунэгъущ сэ. ЗэхэкIын хъури, зэшищым сраджащ: «Ди мылъкур тхуэгуэш», - жари. Зы танэ, зы мэл, зы бжэн яIэти, яхуэзгуэшащ. Зэрызгуэшам арэзы техъуакъым зэшхэр, зыр зым ефыгъуэжри, зэщыхьэжащ. Щызэщыхьэжым: «ФызэрегуакIуэщ, сыкъевджэн хуеякъым, си унафэм фыкъыщемыувэлIэнукIэ», - жысIэщ, яхуэзгуэшар зэхэстхъуэжри сакъыхэкIыжащ. Мис мыпхуэдэущ зэрызэхэстхъуэжар, - жери хьэщIэм пэрыIэбэр къищтэщ, жьэгум дэтIысхьэри, мэжаджэмрэ яжьэ пщтырымрэ зэхитхъуащ. - Хуэфащэр есщIакъэ зэшищым?
Ар жери, хьэщIэр унэм ихьэжащ.
- Хуэфащэр зращIа щыIэмэ, сэращ зращIар, - жиIащ бысымым, хьэщIэр пщэфIапIэм щIэкIыжа нэужь.
Къэрмокъуэ Хьэмид.
Едзыгъуэхэр
* * *
Сэ сокIуэ сытету гъащIэ гъуэгум,
Нэхъуеиншэу куэдрэ сыкъызоплъэкIыж.
Лъэбакъуэ пхэнж счым хуэшэчкъым сигуми,
Си лъэужьыр дахэу зызогъэзэхуэж.
* * *
Си къуэш! Псалъэр мэл IэрыпIкъым,
БутIыпщакъэ - пхуэубыдыжкъым.
Гупсыси псалъэ, зыплъыхьи тIыс,
Уэ пхуэдэ цIыхум хуэщI нэмыс!
* * *
Дуней насыпыр уэ Тхьэм къуитами,
УгуфIэу хыумытIэ ислъэмей!
Насыпыншагъэр къыптепсыхами,
Умыгужьей! Пэплъэ уи пщэдейм!
* * *
Зэ закъуэ дэуеяти мэлым и кIэр,
Бжэныр зэрылъэлъу дыхьэшхащ:
«Уэ-хьэхь! Модэ, мо гъуамэр зэрыпкIэ,
Iэщ лъэпкъым ди напэжьыр трихащ!»
* * *
Уо, цIыху, зыри сэ уэ пхуэзмыщIэфами,
Сропагэ зым: гуапэу сэлам узохыф.
Уэри, дыщэ таж сэ къысхуумыгъэжами,
СэркIэ дэрэжэгъуэщ: пэжу дунейм тетыф!
* * *
ЯмыщIэу хы къэукъубеям хэхуами,
Хэт зымыщIэр цIыху Iэджэ къызэрелар?
Ауэ фадэм лъапэ хамышиями,
ЦIыху дапщэ игъуэ нэмысу итхьэла?
* * *
Сэ псы есыкIэ сымыщIэми,
Уэр щхьэкIэ тенджызым зыхэздзэнщ.
МафIэс сыщошынэ сэ игъащIэми,
Ауэ си псэр мафIэм пэрыздзэнщ.
* * *
Дэ дызытет дунейр театр абрагъуэщ,
Дунейм щыпсэу цIыхуу хъуари артист дэгъуэщ.
Ахэр щхьэж зэрыхузэфIэкIыу мэджэгу,
Дэ ди гъащIэр къощыр а псом я нэгу.
* * *
Жэщ мазэгъуэм вагъуэиж сэ слъагъуху,
Ууей сфIэщIу, си щхьэфэцыр мэтэдж:
ШыгъушыпсыпIэм сэ сыхэлъу согъэщ нэху,
Къысщохъу зыгуэр си гум сэкIэ къепыдж.
* * *
Зи бзэкIэ уэрэд зыхужымыIэм,
ХамэбзэкIэ уэрэд жиIэн ерыщщ.
А уэрэджыIакIуэм макъ имыIэр
Хамэбзэм ищI къыщохъу нэхъ лъэщ.
Дудар Хьэутий.
НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1969.txt"
} |
Сыт хуэдэ узми и хущхуэгъуэр щIыуэпсым хэлъщ
Илъэс мин бжыгъэкIэ цIыхур кIэлъыплъащ щIыуэпсым, къэкIыгъэхэм, удзхэм, ахэр цIыхум епхьэлIэмэ сэбэп е зэран зэрыхуэхъум. Ауэрэ къэунэхуащ цIыхубэ медицинэ жыхуэтIэжыр, узыфэ шынагъуэхэм зэрызыщахъумэ, зэрызагъэхъуж Iэмалхэр зыгъэбелджылар.
Ноби щIэныгъэм къигъэщIа иужьрей хущхъуэ нэхъ лъэпсейхэр зыпэмылъэщ узыфэ куэд ягъэхъуж удз хущхъуэкIэ. Ауэ къыхэгъэщыпхъэщ, удз хущхъуэ зэпхьэлIэн ипэкIэ дохутырым ечэнджэщын зэрыхуейр. Зыщывмыгъэгъупщэ цIыхухэр псори зэрызэхуэмыдэр, зым и хущхъуэр адрейм и щхъухьу къыщIэкIынкIэ зэрыхъунур, химие щхъухь щызэрамыхьэ хадэрэ губгъуэрэ къызэрыгъуэтыгъуейр, а щхъухьхэм щыщ удзхэми зэрызэщIашэр. КъызэрыгуэкI удзым цIыхум аллергие къритынкIэ мэхъу, емызэгъыу. Нэхъ шынагъуэжращи, аллергием деж къыщымыувыIэу, цIыхум и тхьэмбылыр игъэбэгрэ мыбэуэфмэ, дакъикъэ бжыгъэм къриубыдэу лIэнкIэ шынагъуэщ. Аращи, цIыхум хуатха хущхъуэр мащIэ-мащIэурэ зы тхьэмахуэкIэ зрихьэлIэн хуейщ, къезэгърэ къемызэгърэ къыгурыIуэн папщIэ. И щIыфэр къригъэлъэлъмэ, и нэпсыр къыщIигъэжмэ, жьы къыпригъэубыдмэ, и щхьэр игъэуназэмэ, игъэузмэ, зыгуэр къефыкIыу гу лъитэмэ, а хущхъуэр емызэгъыу аращи, зрихьэлIэ хъунукъым. Ауэ псори тэмэммэ, етIуанэ тхьэмахуэм щыщIэдзауэ зэрыхуатхам тету зрихьэлIэ хъунущ.
Мы тхыгъэмкIэ фэдгъэщIэнщ уз зыбжанэм зэреIэзэ щIыкIэр.
•Лъакъуэм хуэш къыхыхьэреймэ пщэдджыжьымрэ пщыхьэщхьэмрэ лъэгум лимоныпс щахуэри лъэпэд хуабэ щатIэгъэж. Ар псыIагъэр гъущыху щагъагъ. ТхьэмахуитIкIэ апхуэдэу ящI.
•ЦIыхум уз къыхихыным хуэдэу зыгуэрым Iейуэ игъэпIейтеймэ, джэдгын грамми 5-м псы къэкъуалъэ литр ныкъуэ щIакIэри, и щхьэр тепIауэ дакъикъэ 40-кIэ щагъэт. УпщIыIужа нэужькIэ Iыхьи 3-4-уэ ягуэшри, псори зы махуэм къриубыдэу ираф. Тхьэмахуэм 2-3 нэхъыбэ уефэ хъунукъым.
•Пневмониер хьэкIэ ягъэхъуж. Хьэ стэканым шэ литр щIакIэри, зы сыхьэт хуэдизкIэ ягъавэ, цIыкIунитIэу ешэхауэ. Сыхьэт зэрыдэкIыу, хьэр газым къытрахыж, язри, тхъу е фо хэлъу йофэ пщтыр щIыкIэ. Термосым иту зепхьэ хъунукъым, шэр фIэIунущ.
•Сабийр ныбажэ хъуамэ, ар псынщIэу къэзэрывгъэувыIэным яужь фит. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, кIуэцIыр кърилъэсыкIа нэужь мыувыIэж ныбажэм цIыхум псыр фIегъэкIуэд. Дызэрыщыгъуазэщи, цIыхум и Iэпкълъэпкъым псыуэ щIэтым и проценти 10 чэму щытмэ, малIэ. Ныбажэм и хущхъуэгъуэщ прунжыр. Бжэмышхышхуэм из прунжым псы стэкани 6-7 щIакIэри, хагъэвыхь. Хьэзыр хъуа нэужь языжри, стэканым и Iыхьэ щанэурэ сыхьэтитI къэскIэ сабийр ирагъафэ.
•Жьэжьейхэмрэ тхьэмщIыгъумрэ мывэ иримыщIэн папщIэ балыджэ фIыцIэм и псыр къыщIахури, бжэмышхышхуэ зырызурэ махуэм 3 йофэ.
•ЦIынагъэхэр гречкэ хьэжыгъэкIэ ягъэгъущ.
•Сабий цIынэм и тхьэмбылым Iупс бзаджэр къимыкIыфмэ, мыпсчэфмэ, фо бжэмышхышхуэ, аркъэ бжэмышхышхуэ, содэ бжэмышх цIыкIу зэхащIэри и бгъэгум Iуву щахуэ, и щIыбымрэ бгъэгумрэ къызэщIиубыдэу целлофан кърашэкIри, щIауфэ. СыхьэтитIкIэ апхуэдэу щылъа нэужь къатIэтэжри аркъэкIэ зэпалъэщIыхьыж. Апхуэдэу жэщищкIэ ящI, а зэманым къриубыдэуи сабийр ягъэпскIыркъым, бинт пхъашэр аркъэм хащIэурэ фоупсыр зэпалъэщIыхьыж мыхъумэ. А махуищым къриубыдэу тхьэмбылым Iупс бзаджэу итыр езыр-езыру къыдокIуей.
•ЩIыфэ уз зэмылIэужьыгъуэхэр (къищэща, къиткIуэткIуа, бэгум ищта) зэрыджэкIэ ягъэхъуж. ЗэрытщIэщи, щIыфэ узхэр кIэтIийм епхащ. Абы къыхэкIыу, зэрыджэ пIытIа бжэмышхышхуитIым псы къэкъуалъэ стэкан щIыдокIэри, сыхьэти 4-кIэ щыта нэужь, дофэ. Абы къищынэмыщIауэ, зэрыджэ пIытIар къищэщам, къиткIуэткIуам щыдохуэ.
•Пэм лъы къыщиудауэ яхуэмыгъэувыIэмэ, зы лимоным и Iыхьэ плIанэм и псымрэ уксус бжэмышх цIыкIурэ псы стэканым хакIэри, ар пэкIэ драшей, щхьэр яIэтри, жьэкIэ бауэу дакъикъи 2-3-кIэ щос. Абы къыдэкIуэу натIэм щIыIэ гуэр тралъхьэ.
•Тэмакъ узым (ларингит, ангинэ, фарингит) сэбэп хуохъу жэгундэпсыр. Жэгундэр теркэм щIагъэкIри и псыр къыщIакъузыкIри, уксус бжэмышх цIыкIу хакIэж. Ар махуэм 5-6 тэмакъым ирагъэжыхь.
КъыкIэлъыкIуэнущ.
Фырэ Анфисэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "197.txt"
} |
Дунейм щыхъыбархэр
Мы махуэхэм
Мэкъуауэгъуэм и 11, мэрем
♦Щыгъупщэх узыфэм пэщIэтыным и урысейпсо махуэщ
♦1826 гъэм Москва къыщызэIуахащ нэм щеIэзэ япэ сымаджэщыр.
♦1842 гъэм дунейм къытехьащ Гоголь Николай и тхыгъэ цIэрыIуэр - «Мертвые души» - зыфIищар.
♦1889 гъэм США-м щыщ Перди Джонрэ Садгвар Джеймсрэ къагупсысащ зэпкърыпх-зэпкърыплъхьэж хъу шэнтыр.
♦1965 гъэм Инджылызым и пащтыхь Елизаветэ Британие империем и орденыр яритащ «Биттлз» гупым и музыкантхэм.
♦1975 гъэм Алыджым къыщащтащ и конституцэр.
♦2010 гъэм ЮАР-м щыщIидзащ дунейм футболымкIэ и ХIХ чемпионатым. Нэхъапэм Африкэм и щIыналъэм футболымкIэ чемпионат зэи щекIуэкIатэкъым. Мэкъуауэгъуэм и 11 - бадзэуэгъуэм и 11-хэм къриубыдэу зэхьэзэхуахэм я нэхъ лъэщу къыщIэкIар Испанием и командэ къыхэхарт.
♦1811 гъэм къалъхуащ урыс тхакIуэ, критик, философ, демократ Белинский Виссарион.
♦1864 гъэм къалъхуащ нэмыцэ композитор, дирижёр цIэрыIуэ Штраус Рихард.
♦1906 гъэм къалъхуащ Урысейпсо радиом и диктору щыта, СССР-м и цIыхубэ артисткэ Высоцкая Ольгэ.
♦1895 гъэм къалъхуащ совет дзэ къулыкъущIэ, Совет Союзым и Маршал Булганин Николай.
♦1910 гъэм къалъхуащ Франджы зыплъыхьакIуэ, сурэттех, режиссёр, дунейпсо хыхэр джынымкIэ цIэрыIуэ хъуа Кусто Жак Ив.
♦1939 гъэм къалъхуащ пшынауэ Iэзэу щыта, КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ ДыщэкI ФатIимэт.
♦1975 гъэм къалъхуащ урысей пианист, жылагъуэ лэжьакIуэ, УФ-м и цIыхубэ артист Мацуев Денис.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, пIалъэ-пIалъэкIэрэ уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 22 – 23-рэ, жэщым градус 15 - 17 щыхъунущ.
Мэкъуауэгъуэм и 12, щэбэт
♦Сабийхэр ягъэлажьэу мыдэным и дунейпсо махуэщ
♦Урысейм и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ. 1990 гъэм РСФСР-м и цIыхубэ депутатхэм я 1 съездым къыщащтащ Урысей Федерацэм и Къэрал суверенитетым и Декларацэр. 1994 гъэм УФ-м и Президент Ельцин Борис унафэ къыдигъэкIащ а махуэм къэрал мыхьэнэ етыным теухуауэ.
♦Инджылыз пащтыхьыгъуэ зэгуэтымрэ Ирландие Ищхъэрэмрэ я лъэпкъ махуэшхуэщ - я пащтыхь гуащэр къыщалъхуа махуэр ягъэлъапIэ
♦Бразилием щагъэлъапIэ зэгуэкIуахэм я махуэр
♦Финляндием и къалащхьэ Хельсинки и махуэщ
♦Тыркумэным щагъэлъапIэ щIэныгъэм и махуэр
♦1667 гъэм Франджым и пащтыхьым и дохутыр Дени Жан-Батист дунейм щыяпэу цIыхум лъы хикIащ.
♦1901 гъэм Кубэм и конституцэщIэр къащтащ. Абы ипкъ иткIэ США-м а къэралым теухуа хуитыныгъэшхуэхэр иIэ хъуат, Кубэр и бжьыр щIигъэува пэлъытэт. 1925 гъэм а конституцэм къару имыIэжу къалъытауэ щытащ.
♦1920 гъэм Панамэ псыдэжыпIэр къызэIуахауэ щытащ. А махуэм щегъэжьауэщ абы лэжьэн щыщIидзар, япэ кхъухьыр абы 1914 гъэм дэкIауэ щытами.
♦1921 гъэм Петроград и Къэрал филармониер щылэжьэну унэр къызэIуахащ.
♦1926 гъэм Бразилиер Лъэпкъхэм я Лигэ зэгухьэныгъэм къыхэкIыжауэ щытащ, абы Германиер зэрыхагъэхьамкIэ мыарэзыуэ.
♦1955 гъэм Якутием налмэс гъэтIылъыгъэ куэд зыщIэлъ щIыпIэ къыщагъуэтащ.
♦1964 гъэм зи фэр фIыцIэхэм я хуитыныгъэхэм къащхьэщыж, ЮАР-м щыщ Манделэ Нельсон и хьэкумыр ящIащ игъащIэкIэ тутнакъэщым исыну. Сыт хуэдэ лъэпкъ къыхэмыкIами, цIыху псори зэхуэдэн зэрыхуейр зи лъабжьэ и къэпсэлъэныгъэхэрт, абы къызэрыхуриджэрт паубыдар Нельсон. Ар кърагъэутIыпщыжыну, абы и телъхьэу къызэрыIэтащ цIыху минипщIхэр, ауэ ар щахузэфIэкIар 1990 гъэрщ. ИлъэсиплI дэкIри, ар хахащ Африкэ Ипщэ Республикэм и президенту. МамырщIэкъуу, цIыхубэм я гъуазэ щыпкъэу зэрыщытым папщIэ, 1993 гъэм Манделэ Нобель и саугъэтыр иратауэ щытащ.
♦1990 гъэм Урысей Федерацэм и цIыхубэ депутатхэм я I съездым РСФСР-м и къэрал суверенитетым теухуа декларацэр къищтащ.
♦1991 гъэм Урысейм щыяпэу къэралым щекIуэкIащ президент хэхыныгъэхэр. Ельцин Борис абы РСФСР-м и япэ Президенту щыхахащ.
♦1991 гъэм Ленинград референдум щрагъэкIуэкIащ я къалэм и цIэм теухуауэ. Абы щыпсэухэм я нэхъыбапIэм Iэ яIэтауэ щытащ я къалэм и япэрей цIэр - Санкт-Петербург - фIэщыжыным теухуауэ.
♦1992 гъэм Урысей Федерацэм и Гъунапкъэхъумэ дзэхэр къызэрагъэпэщащ.
♦2000 гъэм Шэшэн Республикэм и администрацэм и унафэщIу ягъэуващ Кадыров Ахъмэт.
♦1942 гъэм Зеикъуэ къуажэм (КъБАССР) къагъэIэпхъуат Ленинград хамэ къэралыбзэхэр щаджу дэт пединститутыр.
♦1945 гъэм Калинин М. И. Кремлым маршал Жуков Г. К. щритащ Совет Союзым и ЛIыхъужьым и ещанэ Дыщэ Вагъуэр.
♦1990 гъэм «Печатымрэ цIыхубэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмрэ ятеухуауэ» Законыр СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм къищтащ. Абы цензурэр игъэкIуэдыжащ.
♦2014 гъэм Сан-Паулу (Бразилие) къыщызэIуахащ дунейм футболымкIэ и 20-нэ чемпионатыр. Ар мэкъуауэгъуэм и 12 - бадзэуэгъуэм и 13-хэм екIуэкIащ. Германием и командэ къыхэхарщ чемпион хъуауэ щытар.
♦2015 гъэм Азербайджаным и къалащхьэ Баку къыщызэIуахащ япэ Европей джэгухэр.
♦1908 гъэм къалъхуащ совет балеринэ цIэрыIуэ, СССР-м и цIыхубэ артисткэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Семёновэ Маринэ.
♦1924 гъэм къалъхуащ США-м и 41-нэ президент Буш Джордж.
♦1939 гъэм къалъхуащ драматург, АР-м и цIыхубэ артист, УФ-ми КъБР-ми щIыхь зиIэ я артист, Адыгэ Республикэм и Къэрал саугъэтым и лауреат Мурат Чапай.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, пIалъэ-пIалъэкIэрэ уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 24 – 25-рэ, жэщым градус 17 - 18 щыхъунущ.
Мэкъуауэгъуэм и 13, тхьэмахуэ
♦Цы зэрыхъэным и дунейпсо махуэщ
♦Урысейм щагъэлъапIэ Социальнэ лэжьакIуэм и махуэр. 1701 гъэм Пётр Езанэм унафэ къыдигъэкIащ хуэмыщIауэ псэухэм, сымаджэхэм, жьы хъуахэм щхьэегъэзыпIэ яхуэхъун унэхэр къызэIухыным теухуауэ. Унафэм къигъэувырт зи щхьэ сэбэп хуэмыхъужыф цIыхуипщI къэс зы якIэлъыплъу а унэхэм щылэжьэн хуейуэ. Абдеж къыщежьащ цIыхухэм социальнэу защIэгъэкъуэным хуэгъэпса IэнатIэр.
♦Зэрыдэ машинкэм и махуэщ
♦Бельгием адэм и махуэр щагъэлъапIэ
♦1825 гъэм США-м щыщ IэпщIэлъапщIэ Хант Уолтер мастэкъуаншэ къызэригупсысам и щыхьэт тхылъ иратащ.
♦1860 гъэм Урысейм и Къэрал банкыр къызэрагъэпэщащ.
♦1892 гъэм Урысей империем щыяпэу Киев щаутIыпщащ электрокъарукIэ лажьэ трамвайр.
♦1895 гъэм Франджым щиухащ дунейм щыяпэу абы щекIуэкIа автомобиль къызэдэжэхэр.
♦1912 гъэм Москва къыщызэIуахащ гъуазджэ хэIэтыкIахэм я музейр. Иджы ар Пушкин А. С. и цIэр зезыхьэ къэрал музейрщ.
♦1934 гъэм Воронеж, Калугэ областхэр къызэрагъэпэщащ
♦1936 гъэм Къэбэрдей лъэпкъ драмэ театрыр къызэIуахащ.
♦1961 гъэм Калугэ къалэм дунейм щыяпэу ухуэн щыщIадзащ космонавтикэм и музейр. Абы и лъабжьэм и япэ мывэр хилъхьащ Гагарин Юрий.
♦1940 гъэм къалъхуащ Югославием щыщ актёр цIэрыIуэ, режиссёр Митич Гойкэ.
♦1946 гъэм къалъхуащ медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, КъШКъУ-м и профессор Даур Борис.
♦1950 гъэм къалъхуащ искусствоведенэм и доктор, профессор, ЩIДАА-мрэ Тыркумэн Республикэм щIэныгъэхэмкIэ и академиемрэ я академик, Тыркумэн консерваторэм и проректор Абыкъу ФатIимэ.
♦1951 гъэм къалъхуащ шэрджэс еджагъэшхуэ, ветеринар щIэныгъэхэм я доктор, профессор Аргун МуIэед.
♦1958 гъэм къалъхуащ урысей актёр, УФ-м и цIыхубэ артист Маковецкий Сергей.
♦1970 гъэм къалъхуащ экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, АКъУ-м и профессор ХъуакIуэ Заурбэч.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, пIалъэ-пIалъэкIэрэ уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 21 – 22-рэ, жэщым градус 16 - 17 щыхъунущ.
Мэкъуауэгъуэм и 14, блыщхьэ
♦Лъы зытым и дунейпсо махуэщ
♦Блогерым и дунейпсо махуэщ
♦УФ-м Iэпхъуэшапхъуэхэм я Iуэхухэр зэкIэлъызыгъакIуэ и къулыкъущIапIэм и лэжьакIуэм и махуэщ
♦США-м щагъэлъапIэ я къэрал ныпым и махуэр. Ар 1916 гъэм ягъэуващ.
♦1775 гъэм США-м и дзэр къызэрагъэпэщащ.
♦1834 гъэм Америкэм щатащ пшахъуашхэр къызэрыщагупсысам щыхьэт техъуэ тхылъ.
♦1859 гъэм Шэшэныр Урысей империем хыхьащ.
♦1891 гъэм Сыбыр гъущI гъуэгушхуэр ухуэн щIадзащ.
♦1897 гъэм Урысей император Николай ЕтIуанэм унафэ къыдигъэкIащ фабрикэхэм, заводхэм, нэгъуэщI IуэхущIапIэхэм тхьэмахуэ махуэр мылэжьэгъуэ махуэу щыгъэувыным теухуауэ.
♦1898 гъэм Урысейм щыяпэу лэжьэгъуэ махуэм и кIыхьагъын хуейм теухуа унафэ къыщащтащ. Абы ипкъ иткIэ, цIыхур зы жэщ-махуэм зэрылажьэр сыхьэт 11,5-м щIигъун хуейтэкъым.
♦1905 гъэм «Князь Потёмкин Таврический» урысей кхъухьым цIыхухэр къыщызэрыIэтащ.
♦1936 гъэм КъБАССР-м гъуазджэхэмкIэ и управленэр къызэрагъэпэщащ.
♦1940 гъэм Франджы командующэ нэхъыщхьэ Вейган Максим и унафэкIэ, зауэ хэмыту, Париж къалэр нэмыцэ фашистыдзэм иратащ.
♦1941 гъэм Латвием, Литвам, Эстонием щыпсэу куэд дыдэ яубыдурэ я щIыналъэхэм залымыгъэкIэ кърашащ. А махуэм а къэралхэм ягу къыщагъэкIыж Прибалтикэм и цIыхубэм политикэ залымыгъэ щыкIэлъызэрахьа а зэманым хэкIуэдахэр.
♦1995 гъэм Басаев Шамиль зи пашэ, щIэпхъаджащIи 195-рэ хъу гупым Будённовск сымаджэщым цIыху 1600-м щIигъу гъэру щIаубыдауэ щытащ.
♦1946 гъэм къалъхуащ США-м и президент, мелардырыбжэ Трамп Дональд.
♦1951 гъэм къалъхуащ урысей кинорежиссёр, УФ-м и цIыхубэ артист Сокуров Александр.
♦1955 гъэм къалъхуащ адыгей усакIуэ, драматург, егъэджакIуэ ЛIыхэс Мухьдин.
♦1956 гъэм къалъхуащ киноактрисэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ Сафоновэ Еленэ.
♦1964 гъэм къалъхуащ усакIуэ, журналист Хьэщыкъуей Олег.
♦1969 гъэм къалъхуащ нэмыцэ теннисисткэ цIэрыIуэ, Олимп джэгухэм дыщэ, дыжьын, жэз медалхэр къыщызыхьа, нэгъуэщI дунейпсо зэпеуэ куэдым щытекIуа Граф Штеффи.
♦1971 гъэм къалъхуащ усакIуэ, «Нур» журналым и редактор нэхъыщхьэм и къалэнхэр зыгъэзащIэ Аброкъуэ Беллэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 24 – 25-рэ, жэщым градус 16 - 18 щыхъунущ.
Мэкъуауэгъуэм и 15, гъубж
♦Жьыбгъэм и дунейпсо махуэщ
♦Зи ныбжь хэкIуэтахэм лей къатемыгъэхьэным и дунейпсо махуэщ
♦Урысейм щагъэлъапIэ щIыуэпсым хуэсакъ ныбжьыщIэхэм (юннатхэм) я зэгухьэныгъэр къыщызэрагъэпэща махуэр
♦Армением и къэрал ныпым и махуэщ
♦Азербайджаным щагъэлъапIэ лъэпкъыр хъумэным и махуэр
♦1561 гъэм Идар Темрыкъуэ ипхъу Гуащэнэ (Марие) Москва нэсащ. Абы щIыгъуащ и дэлъху Думэныкъуэ, и шыпхъу Алътыншаш, абы и щхьэгъусэ Бекбулат, а тIум я къуэ Саин-Булат сымэ.
♦1862 гъэм Америкэм щыщ Гатлинг Ричард япэу пулемёт къигупсысащ.
♦1885 гъэм Урысейм къыщыдагъэкIащ цIыхубзхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ жэщым ягъэлэжьэну хуит зымыщI закон.
♦1920 гъэм Эстоние Республикэм и Конституцэр къащтащ.
♦1931 гъэм ВКП (б)-м и ЦК-м Москва къалэм метро щыухуэным теухуа унафэ къищтащ. 1935 гъэм и накъыгъэм къызэIуахащ абы и япэ гъуэгуанэр, «Сокольники» - «Парк культуры» жыхуиIэр.
♦1954 гъэм УЕФА зэгухьэныгъэр къызэрагъэпэщащ.
♦1984 гъэм СССР-м цIыхубэ махуэшхуэу иджыри зы щагъэуващ – ЩIэныгъэхэм я махуэр.
♦2001 гъэм Китайм, Урысейм, Къэзахъстаным, Таджикистаным, Къыргъызым, Узбекистаным я унафэщIхэм я жэрдэмкIэ ЗэдэлэжьэнымкIэ Шанхай зэгухьэныгъэр къызэрагъэпэщащ.
♦1867 гъэм къалъхуащ урыс усакIуэ, адыгэ бзылъхугъэм теухуа усэ телъыджи зи къалэмыпэм къыпыкIа Бальмонт Константин.
♦1896 гъэм къалъхуащ совет къэралым автомобиль къыщIэгъэкIын IэнатIэр щызэтезыухуахэм ящыщ, СССР-м автомобиль транспортымрэ шоссе гъуэгухэмкIэ и министру щыта Лихачёв Иван.
♦1914 гъэм къалъхуащ КПСС-м и ЦК-м и секретарь нэхъыщхьэу, СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и УнафэщIу щыта Андропов Юрий.
♦1929 гъэм къалъхуащ шэрджэс тхакIуэ Туаршы Аслъэн.
♦1930 гъэм къалъхуащ Дагъыстэн Республикэм и унафэщIу щыта, Дагъыстэным и Къэрал советым щIыхь зиIэ и унафэщI Магомедов Магомедали.
♦1936 гъэм къалъхуащ совет актёр, РСФСР-м и цIыхубэ артист Державин Михаил.
♦1945 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Пщыгъуэш Юрий.
♦1956 гъэм къалъхуащ НТВ телекомпанием и къызэгъэпэщакIуэхэм ящыщ, абы и унафэщIу илъэс зыбжанэкIэ лэжьа, цIыхухэм гунэс ящыхъу нэтын куэд езыгъэкIуэкIыу щыта журналист цIэрыIуэ Киселёв Евгений.
♦1977 гъэм къалъхуащ урысей актрисэ цIэрыIуэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ Ковальчук Аннэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 22 - 23-рэ, жэщым градус 15 - 16 щыхъунущ
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Уи ныбэ гъэгъуи, уи гугъуфI егъэщI.
Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1970.txt"
} |
ЗэфIэкI инхэр зиIэ Гъэунэ Анзор
Адрей бэнэкIэ лIэужьыгъуэхэм елъытауэ, Япониер зи къежьапIэ дзюдор ди гъащIэм къыщыхыхьар нэхъ иужьыIуэкIэщ - ХХ лIэщIыгъуэм и кIэухращ. Апхуэдэу щыт пэтми, адыгэхэр абыи щехъулIащ.
ЖыпIэну ирикъунщ Мудрэн Беслъэн Олимп чемпион зэрыхъуар, Тау Хьэсэнбий Олимп джэгухэм домбеякъ медалыр къызэрыщихьар, Джэданэ Алим Европэми дуней псоми текIуэныгъэ инхэр зэрыщиIар. НэгъуэщI куэдми я гугъу пхуэщIынущ, ауэ нобэ дызытепсэлъыхьыну дыхуейр Урысей Федерацэм тIэунейрэ и чемпион, Европэм и гуп зэпеуэм щытекIуа, IэщэкIэ ЗэщIэузэда Къарухэм я дунейпсо чемпионатым пашэ щыхъуа, Гран-При зэхьэзэхуэм бжьыпэр щиубыду «дыщэ бгырыпхыр» зыхуагъэфэща, спортым дунейпсо классымкIэ и мастер, къэралым дзюдомкIэ и командэ къыхэхам и тренер нэхъыжь Гъэунэ Анзорщ.
Адыгэхэм ижь-ижьыж лъандэрэ фIыуэ ялъагъу икIи зэфIэкI инхэр щаIэщ бэнэкIэ лIэужьыгъуэхэм. Уеблэмэ тхыдэм къыхощыж кIэсэгъу пщы пашэ Редадэ урысыпщ Мстислав зэребэнауэ щытар. Зэбэнурэ я лIыгъэр здынэсыр зэхэгъэкIыныр иджыри ди лъэпкъэгъухэм я лъым хэтщ. Дунейпсо утыкур зыгъэбжьыфIэ щIалэхэщ адыгэ бэнакIуэхэр. Яхэтщ абыхэм Олимп чемпионхэри, ЩIы хъурейми, Европэми, Совет Союзми, Урысей Федерацэми щытекIуахэр. А ехъулIэныгъэ инхэр зыIэрызыгъэхьахэр щIэблэм щапхъэ яхуохъу икIи ахэр я гъуазэу езыхэри лъагапIэщIэхэм хуокIуэ.
Ди къэралым дзюдом цIыху минхэр щыдихьэхащ икIи а спорт лIэужьыгъуэр къезыгъэжьа японхэр абыхэм ирагъэкIуэтэкIыну яхузэфIэкIащ. Гухэхъуэщ Урысей Федерацэм и гуп къыхэхам сыт щыгъуи адыгэ щIалэхэр зэрыщыкуэдыр икIи ехъулIэныгъэшхуэхэр зэраIэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым щагъэсауэ ди пщIэр дунейпсо утыкум щызыIэтахэм ящыщщ Гъэунэ Анзор.
КъэщIэгъуейщ цIыхум и гъащIэ гъуэгуанэр зэриубзыхунур. ДзюдомкIэ ехъулIэныгъэшхуэхэр зыIэрызыгъэхьэну къызыпэщылъ щIалэр 1972 гъэм къыщалъхуащ Налшык щыпсэу адыгэ тхакIуэ цIэрыIуэ Гъэунэ Борис и унагъуэм. ФIэщщIыгъуейщ куэдым хуагъэфэщауэ мамыр IэщIагъэ дыдэм пэрыт адэм и къуэр спортсмен цIэрыIуэ иужькIэ хъуну. АрщхьэкIэ щысабийм щегъэжьауэ Анзор спортым хуабжьу дихьэхащ. ЛIэужьыгъуэ куэдым абы зэфIэкI хъарзынэхэр къыщигъэлъагъуэрт. КIуэрт ар гимнастикэм, джэгурт баскетболрэ футболрэ, бэнэкIэ зэмылIэужьыгъуэхэми дихьэхырт. А псоми хэплъэжри… дзюдор къыхихащ.
- Сыт дзюдом сыщIыдихьэхар? - жеIэ Анзор. - Абы и утыку итыкIэр, бэнэкIэр зэрекIуэкIыр арагъэнщ. Къапщтэмэ, сэ сыдахьэх щхьэзакъуэ зэныкъуэкъуныгъэ псоми. Дзюдор си псэм нэхъ къещтэ, ар си гъащIэщ.
Езы гъащIэм мызэ-мытIэу игъэунэхуащ а спорт лIэужьыгъуэм Анзор хуиIэ фIылъагъуныгъэр, иджыри зэ егупсысыжыну Iэмал къритым хуэдэу. ЖыпIэну ирикъунщ япэ илъэситI-щым текIуэныгъэм и IэфIагъыр зэи зэрызыхимыщIар, зэхьэзэхуэ 30 - 40 хуэдизым хэта пэтми. АрщхьэкIэ езыми и тренер Ныр Сефи я щхьэ мыгъуагъэ хуахьыжыртэкъым икIи ерыщу я мурадым хуэкIуэрт. ЯщIэрт я псэр пыхуу зэрызагъасэр псыхэкIуадэ зэрымыхъунур. ИкIэм-икIэжым япэ ехъулIэныгъэри къалъэIэсащ! Ещанэ увыпIэр зэхьэзэхуэ гуэрым щиубыдри, жэз медалымрэ щIыхь тхылъымрэ Анзор къратащ. Ахэр хуэсакъыпэу нобэми Гъэунэхэ я унагъуэм щахъумэ. АдэкIэ псыдзэр къыщиудам хуэдэт икIи зы ехъулIэныгъэм адрейр къыкIэлъыкIуэу хуежьащ.
1989 гъэращ текIуэныгъэ нэс Анзор щызригъэгъуэтар. Курыт еджапIэм и епщIанэ классым иджыри щIэсу ар щытекIуащ Кременчуг къалэм щекIуэкIа Совет Союзым ныбжьыщIэхэм я чемпионатым. АрдыдэмкIэ гъэзэщIа хъуащ спортым и мастерым и мардэхэри.
ИужькIи ехъулIэныгъэ куэд иIащ Гъэунэ Анзор. АрщхьэкIэ игъащIэ псокIэ и гум IэфIу илъынущ 1997 гъэм Хорватием щызэхэта IэщэкIэ ЗэщIэузэда Къарухэм я дунейпсо гуп чемпионатыр. Урысей Федерацэм и щIыхьыр абы щызыхъумэр Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым щыщхэм я закъуэт. А бгырыс щIалэ ахъырзэманхэм я хьэрхуэрэгъу псори хагъэщIащ икIи яхуэфащэ дыдэу дуней псом я чемпион хъуахэщ.
КъыкIэлъыкIуэ илъэсым а гуп дыдэр Тыркум и Истамбыл къалэм ягъэкIуащ, Европэм и Кубокым щIэбэныну. Аргуэрыжьти, ехъулIэныгъэ иныр зыIэрагъэхьащ! Тыркум щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм абы дэрэжэгъуэ мыухыж къаритащ икIи лIыхъужь дыдэхэм хуэдэу яIэтащ. «Атеке» хьэщIэщ цIэрыIуэм и конференц-залым адыгэ бэнакIуэхэм я щIыхькIэ махуэшхуэ пшыхь дахэ дыдэ къыщызэрагъэпэщат. Ар зэи гум имыхужынщ. Псалъэм къыдэкIуэу къыхэдгъэщынщи, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым щыщ защIэкIэ захагъэува Урысей Федерацэм и командэ къыхэхар IэщэкIэ ЗэщIэузэда Къарухэм я дунейпсо чемпионатымрэ Европэм и Кубокымрэ зэрыщытекIуар нэхъапэм зэи къэмыхъуа Iуэхугъуэ телъыджэт.
Дэтхэнэ зы спортсменым и дежкIи лъагапIэ нэхъ ин дыдэр Олимп джэгухэм щытекIуэнращ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, езым емылъыта щхьэусыгъуэхэм къыхэкIыу, Гъэунэ Анзор и дежкIэ ар хъуэпсапIэ къудейуэ къэнащ.
2000 гъэм Австралием и къалащхьэ Сидней щекIуэкIа Гъэмахуэ Олимп джэгухэм ягъэкIуэнухэм ящыщу япэу зи цIэ къраIуэу щытар адыгэ щIалэращ. Анзорт щыбанэ хьэлъагъым зыми шэч къытримыгъэхьэу щыпашэр. АрщхьэкIэ Олимпиадэм кIуар нэгъуэщIщ - спортым щаIэ зэфIэкIхэр лъэныкъуэ ирагъэзри, нэфI-нейр япэ ирагъэщащ. Апхуэдэу къэхъуну зыми хуигъэфэщатэкъым. Псоми къыжраIэ зэпытт: «Еуэ, Анзор, укъимыкIуэт! И чэзу хъуащ текIуэныгъэ нэхъ ин дыдэхэр зыIэрыбгъэхьэну, лъагапIэщIэхэр къэпщтэну». Езыми ищIэрт зыхэт килограмм 60-м нэс зи хьэлъагъхэм я гупым щыяпэу зэрыщытыр икIи Олимп джэгухэм кIуэну Iэмал гъуэзэджэ зэриIэр.
- ПщIэрэ, сыт щыгъуи аращ, - нэщхъейуэ игу къегъэкIыж Анзор, - нэхъуеиншэу зыгуэрым уи нэр къыхуикIмэ, къыщохъулIэр закъуэтIакъуэщ.
НэфI-неягъэкIэ Олимпиадэм зэрамыгъэкIуар Гъэунэм хуабжьу зыхищIащ. Дэтхэнэ зы спортсменми ар удынышхуэ хуэхъуфынут, афIэкIа зэи утыку къимыхьэжын хуэдэу. Анзори зы гукъыдэж иIэжыртэкъым. Иджыри къэс гугъу зэрехьами, адэкIэ къыпэщылъми зы мыхьэнэ имыIэжу къыщыхъурт. Апхуэдэхэм и деж куэд дыдэ елъытащ Iыхьлыхэм, благъэхэм, ныбжьэгъухэм, тренерхэм, укъэзыцIыху къудейхэм къыбжаIэм, зыкъызэрыпщIагъакъуэ щIыкIэм. Абыхэм Анзор утыку къранакъым икIи, щхьэж зэрыхузэфIэкIкIэ, гъащIэм ар къыхашэжащ. ПсэкIи IэпкълъэпкъкIи лъэщ щIалэри нэфI-неягъымрэ гугъуехьхэмрэ иращIыкIакъым, атIэ нэхъ ерыщыж, быдэж ящIащ.
Олимпиадэр щекIуэкIа илъэсым къыкIэлъыкIуа 2001 гъэм Анзор щытекIуащ Белоруссиемрэ Урысей Федерацэмрэ я къалащхьэхэм щызэхэта дунейпсо зэпеуэхэм. Абы щыгъуэми, Гран-При зэхьэзэхуэм пашэ зэрыщыхъуам папщIэ къехъуэхъури «дыщэ бгырыпхыр» къыIэщIилъхьауэ щытащ Мэзкуу и Iэтащхьэ Лужков Юрий.
ЕхъулIэныгъэхэмкIэ къулейуэ щытащ адрей илъэсхэри. 2002 гъэм Гъэунэ Анзор зыхэта Урысей Федерацэм и гупым Европэм щыщ къэралхэм я командэ къыхэхахэм я чемпионатым ещанэ увыпIэр къыщихьащ икIи ди лъахэгъу щIалэм жэз медалыр къыхуагъэфэщащ. ТекIуэныгъэ инхэр абы щызыIэригъэхьащ Германием, Белоруссием, Венгрием, Урысей Федерацэм, Къэзахъстаным, нэгъуэщI щIыпIэхэми щыIа дунейпсо зэхьэзэхуэхэм.
КIэщIщ икIи нашэкъашэщ цIыхум спортым щикIу гъуэгуанэр. Абы щызыхыбощIэ текIуэныгъэхэм я IэфIагъри хэгъэщIэныгъэхэм я дыджагъри. А псоми нэсу пхрыкIащ Гъэунэ Анзор икIи зыми и щхьэр игъэунэзакъым, и лъэри щIигъэхуакъым. БэнакIуэ лъэщым зэрихабзэу, ар традзэми къэтэджыжыфащ, лъагэу яIэтми зыкъыфIэщIыжакъым.
Гъэунэ Анзор Къэбэрдей-Балъкъэрми Урысей Федерацэми дзюдомкIэ и тхыдэм лъэужь дахэ къызэрыщигъэнам шэч хэлъкъым. Ар езым и закъуэ фIыщIэу зэи къилъытакъым икIи хуэфэщэн пщIэ ин яхуещI и гъэсакIуэхэу Лукьянов Геннадий, Мэкъуауэ Къазбэч, Кастрыкин Владимир (и ахърэтыр нэху Тхьэм ищI), Ким Игорь, Бэджыдэ Вячеслав, ЛIыцэр Хьэзрэт сымэ. Абыхэм, дауи, къахегъэщхьэхукI и япэ тренер, илъэс тIощIым нэблагъэкIэ зыдэлэжьа Ныр Сеф. Дэтхэнэми Анзор хьэл-щэныфI гуэр къыхилъхьащ, бэнэкIэм и Iэмал гъуэзэджэхэр къригъэщIащ, цIыху нэсрэ спортсмен лъэщрэ къыхищIыкIащ.
Иджы Гъэунэр адрейхэм ядогуашэ дзюдом щызэригъэгъуэта зэфIэкI инхэмкIэ. Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам и тренер нэхъыжьу щыткIэрэ, абы ди къэралым и щIыхьыр дунейпсо утыкум и гъэсэнхэм щарегъэIэт. Шэч хэлъкъым абыхэм Олимп чемпионхэри мымащIэу къазэрыхэкIынум, и гупым щыщхэм яхэт Мудрэн Беслъэн илъэситIрэ ныкъуэрэ ипэкIэ къызэрехъулIам хуэдэу.
Урысей Федерацэм дзюдомкIэ и командэ къыхэхам адыгэхэм я нэхъыбэ зы лъэпкъи хэткъым. Хьэлъагъ зэмылIэужьыгъуэхэм бжьыпэр щаIыгъщ Европэми дуней псоми увыпIэ нэхъ лъагэ дыдэхэр къыщызыхьа бэнакIуэ лъэрызехьэхэу Мудрэн Беслъэн, Джэданэ Алим, Хьэбэчыр Мурат, Къамбий Аслъэн, Куржы Уэлий, Бабыгуей Олег сымэ, нэгъуэщIхэми. Нобэ къэралым и гуп къыхэхам и тренер нэхъыщхьэщ Олимп джэгухэм домбеякъ медалыр къыщызыхьа Тау Хьэсэнбийрэ абы и дэIэпыкъуэгъу, Гран-При дунейпсо саугъэтыр зыIэщIэлъ Гъэунэ Анзоррэ. Абыхэм ерыщу зыхуагъэхьэзыр мы гъэм Японием щекIуэкIыну Гъэмахуэ Олимпиадэм. Фигу къэдгъэкIыжынщи, а къэралращ дзюдор къыщежьари, ехъулIэныгъэ нэхъыбэ зиIэри. АрщхьэкIэ ди щIалэхэр хэгъэрейхэм къазэрыпимыкIуэтынум шэч хэлъкъым.
2016 гъэм Рио-де-Жанейрэ щекIуэкIыну Олимпиадэм Сочэ зыщыхуэзыгъэхьэзыр ди бэнакIуэхэм яхуэза нэужькIэ, Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир ауэ сытми къыгуихыу жиIауэ щытакъым: «Дзюдор къыщежьар Япониеращ, ауэ абы щыщхэми дакъыщIыпикIуэтын щыIэкъым. Сэ мыбы зыщызыгъасэхэм ящыщ зым сепсэлъылIати, ар къэбэрдей щIалэу (зи гугъу ищIыр Мудрэн Беслъэнт - Ж.З.) къызжиIащ. Абы и зэфIэкIхэм ятепщIыхьмэ, къэбэрдейхэр японхэм хъыжьагъэкIэ йофIэкI».
Адыгэхэм апхуэдэ пщIэрэ щIыхьрэ къахуезыгъэщIхэм ящыщ зыщ дзюдоист цIэрыIуэу щытауэ иджы тренер гъуэзэджэ Гъэунэ Анзор.
ЖЫЛАСЭ Заурбэч.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1971.txt"
} |
Зыми емыщхь хъэтI зиIа Балэ Мухьэдин
Балэ Мухьэдин Къэбэрдей-Балъкъэрым и профессиональнэ макъамэм и лъабжьэр зыгъэтIылъахэм ящыщ зыщ, макъамэу, уэрэду, оперэу, симфониеу 300-м щIигъу итхащ.
Балэ Мухьэдин Кэнжэ къуажэм къыщалъхуащ. Пшынэ еуэ и анэрщ щIалэ цIыкIум макъамэр фIыуэ езыгъэлъэгъуар, абы дезыгъэхьэхар. Мухьэдин языныкъуэхэм деж и анэм и пшынэр къищтэурэ, зэхиха макъамэхэр къригъэкIырт.
1937 гъэм Кэнжэ къыщызэрагъэпэщауэ щытащ накъырапщэхэм я колхоз оркестр. Андреевым и цIэр зезыхьэ колхозым и унафэщIхэм Харьков щыщ Мешков Иван капельмейстеру кърагъэблэгъат. Абы щIалэгъуалэ накъырапщэхэм я оркестрым хэтынухэр къыщыхихым, занщIэу гупым хигъэхьат Балэхэ Мухьэдин, Мухътар, Закъэ сымэ. Ахэр псори бжьамий епщэнут.
Мухьэдин оркестрым хэтурэ япэ ехъулIэныгъэхэр къехь. Мешков абы дзыхь хуищIырт, адыгэ макъамэхэм я пьесэ цIыкIухэр щагъэзащIэм деж оркестрым и дирижёру щытыну. Оркестрым и къыхэдзакIуэри бжьамийм фIы дыдэу епщэ Мухьэдинт.
Хэку зауэшхуэр къыщыхъейм, Балэр езыр щIолъэIури, дзэм макIуэ. 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шууей дивизэм и оркестрым бжьамияпщэу хагъэхьэ. 1942 гъэм Сталинград и гъунэгъуу щекIуэкIа зэхэуэхэм ящыщ зым Балэ Мухьэдин уIэгъэ щохъури, фашистхэм гъэру яубыд. ГъэрыпIэм щисам Мухьэдин зыхищIащ фашистхэм я гущIэгъуншагъэр. Iузэв тенджызым пэгъунэгъуу Таганрог къалэм щаухуа гъэрыпIэм къокIуэсыкIыж ар, и ныбжьэгъур и гъусэу. ЖэщищкIэ кIуащ ахэр, Таганрог деж щIым кусэу къыхыхьэ, мылу щта псым телъу махуэкIэрэ пщыуэрэ. Ешауэ, къарууншэ хъуауэ ахэр бдзэжьеящэхэр щыпсэу къуажэ гуэрым екIуэлIащ. Унэ цIыкIу зыбжанэ фIэкIа мыхъу жылэм щыпсэухэр гуапэу къаIущIат абыхэм.
ГъэрыпIэм къикIыжу и къуажэм къигъэзэжа иужь, НКВД-м и лэжьакIуэхэм яубыдри ягъэтIыс, щIэх дыдэуи зауэм ирагъэгъэзэж. Аргуэру уIэгъэ мэхъури, фашистхэм яубыд, япэм хуэдэуи къыщIопхъуэж. И узыншагъэр зэрыпэмылъэщынум къыхэкIыу, Мухьэдин зауэм игъэзэжыфыркъым икIи ар щылэжьэну ягъакIуэ сабийхэр щапI, щагъасэ унэм икIи зауэр иухыхукIэ абы щыIащ.
ИужькIэ Мухьэдин IэфIыкIэ щащI фабрикэм и накъырапщэ оркестрым хохьэ, итIанэ Налшык паркым и оркестрым щолажьэ. А зэманым Балэм макъамэхэр, накъырапщэхэм я оркестрым папщIэ марш зыбжанэ етх. 1946 гъэм адыгэ опернэ студием щеджэнухэм яхэту макIуэри, Ленинград консерваторэм щIотIысхьэ, композитор Кочуров Юрий и гъэсэнхэм ящыщ мэхъу. ЩIэныгъэфI зыбгъэдэлъ, зи IэщIагъэм фIыуэ хэзыщIыкI егъэджакIуэм гу лъетэ адыгэ щIалэщIэм зэфIэкI зэриIэм икIи дерс къэс нэхъ гугъу къыщищIу щIедзэ, композитор къыхищIыкIын и мураду.
1946 гъэм и кIэм Балэ Мухьэдин и егъэджакIуэм и чэнджэщкIэ уэрэд итхыу щIидзащ. Абы щыгъуэщ дунейм къыщытехьар «Конституцэм и уэрэдыр», 1947 гъэм - «Комбайнёрым и уэрэд», «Гущэкъу уэрэд», «Сэ фIыуэ слъагъу шагъдийхэр» уэрэдхэр.
Композитор щIалэщIэм къыдеджэхэм папщIэ итха уэрэдхэр абыхэм ягу ирохь, яфIэфIу жаIэ: «А пщащэм и цIэр къызжеIэт», «Гъатхэ», «Уи деж сынокIуэ». Апхуэдэу абы етх романсхэр, езым нэхъыфIу илъэгъуа жанрри - маршхэр - IэщIыб ищIыркъым. И Iэдакъэ къыщIэкIхэр щIэщыгъуэщ, гъэщIэгъуэнщ. Абы къыхэкIыуи Чайковскэм и цIэр зезыхьэ стипендиер къыхуагъэфащэ.
Ауэ Балэр зауэм щыщыIа зэманым къыщыщIахэр лъэужьыншэу къанэркъым. А лъэужьыр Ленинград консерваторэм нос икIи 1949 гъэм илъэс 25-кIэ исыну тутнакъэщым ирадзэ. Мухьэдин илъэс зыбжанэкIэ щолажьэ Караганда щыIэ шахтэм. Зэман докIри, лагерым и унафэщIхэм къащIэ тутнакъэщым исхэм композитор зэрахэтыр икIи ар накъырапщэхэм я оркестрым хагъэхьэ. Тутнакъэщращ и IэдакъэщIэкIхэм я нэхъыфI дыдэу иужькIэ къалъыта «Хуитыныгъэ» маршыр, нэгъуэщI маршхэри Балэм щитхар.
Сталиныр дунейм ехыжа, цIыхухэм хуитыныгъэ нэхъ ягъуэта иужь, къуаншагъэ ябгъэдэмылъу ягъэтIысахэр къаутIыпщыж. Абыхэм яхэтщ Мухьэдини. Хуит къащIыжа композиторым Ленинград егъэзэж, консерваторэм еджэным щыпищэжыну. Ар къеухри, Налшык къокIуэж.
Балэ Мухьэдин уэрэд куэд етх КIыщокъуэ Алим, ЩоджэнцIыкIу Iэдэм, Щоджэн Хьэбас, нэгъуэщIхэми я усэхэмкIэ. Абы и уэрэдхэр цIэрыIуэ мэхъу.
50 гъэхэм икухэм композиторым елэжьын щIидзащ куэд щIауэ и гум щигъафIэм - ЩоджэнцIыкIу Алий и «Мадинэ» поэмэмкIэ оперэ тхыным. Абы и япэ актым елэжьурэ, камернэ произведенэхэри етх. А зэманым Балэм и Iэдакъэ къыщIэкIащ цIэрыIуэ хъуа уэрэдхэу «Гъагъэ, си Хэку», «Уэрщ си насыпыр», «Къуажэ монтёр», нэгъуэщIхэри. Балэ Мухьэдин макъамэм и жанр куэдым хэзагъэрт. Симфоние оркестрым щхьэкIэ увертюрэхэр, театрым щагъэув спектаклхэм - макъамэхэр, камернэ произведенэхэр яхуетх. Псом хуэмыдэу къехъулIащ Акъсырэ Залымхъан и «Къызбрун» пьесэм (1959 гъэ) хуитха макъамэр. Ар теухуащ XVII лIэщIыгъуэм кърым хъаныр Къэбэрдейм къызэрытеуам. А макъамэр иджыри зэ щыхьэт техъуат Балэ Мухьэдин театрым хуэтхэнымкIэ зэфIэкIышхуэ зэриIэм. «Къызбрун», «Марш», «Къафэ», «Ислъэмей» - ахэр ди симфоние оркестрым нобэми игъэзащIэхэм ящыщщ. Абыхэм ущедаIуэкIэ цIыхубэ уэрэдыжьхэр уигу къагъэкI.
«Къызбрун» спектаклым хуитха макъамэм къыкIэлъыкIуащ драматург гъуэзэджэ Акъсырэ Залымхъан и пьесэхэм къытращIыкIа «Истамбыл», «Андемыркъан», «Къанэмэтрэ Къасболэтрэ» спектаклхэм яхуитхахэр.
1960 гъэхэм наIуэ мэхъу Балэ Мухьэдин симфониехэр тхыным зэрыхуэIэзэр. «Си Къэбэрдей-Балъкъэрыр» абы и япэ симфониешхуэщ. 1963 - 1967 гъэхэм композиторым етх «Дон и губгъуэхэм», «Сыт щыгъуи псэунущ» симфоние поэмэхэр. ЕтIуанэр Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я реквиемщ. Балэм и япэ симфониер симфониеттэу къежьат, итIанэ йолэжьыжри нэхъ ин ещI. Ар щыIуащ Москва, Ростов, Владикавказ, Кисловодск, Мейкъуапэ, Черкесск, нэгъуэщI къалэхэми.
Абы къыкIэлъыкIуащ «Къуажэдэс щIалэгъуалэр» увертюрэр, симфоние поэмэшхуэхэу Кавказ Ищхъэрэм и граждан зауэм жыджэру, псэемыблэжу хэта Къатхъэн Назир теухуа «Назир», «Шууей плъыжьхэр» жыхуиIэхэр.
Вокально-хоровой уэрэд зыкъоми итхащ Мухьэдин - ораториехэр, кантатэхэр, вокально-симфоние сюитэхэр. ЦIэрыIуэ хъуащ хорхэм папщIэ итха «Си Хэкум и уэрэд» ораториер.
Къардэн Хьэсэн и гъусэу Балэм итхащ ЩоджэнцIыкIу Алий и поэмэм къытращIыкIа «Мадинэ» оперэр. Ар ди Музыкэ театрым щагъэлъэгъуауэ щытащ 1970 гъэм. Аращ адыгэ лъэпкъ оперэм лъабжьэ хуэхъуари.
Театреплъхэм ягу ирихьауэ щытащ Балэм макъамэ зыхуитха «Шамхьун и фызышэ» музыкэ комедиер (либреттэр IутIыж Борис ейщ). Нобэр къыздэсым къалъытэ а музыкэ комедием ефIэкIын ямытхауэ.
ЗэрытщIэщи, Балэ Мухьэдин накъырапщэхэм папщIэ макъамэхэр тхыныр нэсу къехъулIэрт. ПщIы бжыгъэкIэ дунейм къытехьащ апхуэдэ пьесэхэр, маршхэр: «Къэбэрдей», «Сэлам», «Черкесия», «Зэныбжьэгъугъэ» нэгъуэщIхэри. Языныкъуэхэр абы тутнакъэщым щитхат.
Ди композиторхэм ящыщу Балэ Мухьэдинщ ди сабий усакIуэхэм ятхахэм япэу макъамэ щIэзылъхьар. Адыгэ, балъкъэр усакIуэхэм ятха сабий усэхэу Мухьэдин макъамэ зыщIилъхьахэр тхылъитIу къыдэкIащ.
Ди республикэ макъамэ щэнхабзэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа композитор Балэ Мухьэдин 1973 гъэм къыфIащащ «КъБАССР-м гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр.
Балэ Мухьэдин и цIэр мыкIуэдыжын зыщIа макъамэр ди лъэпкъым пыщIащи, цIыхухэм сыт щыгъуи ягу илъынущ.
ХЬЭХЪУПАЩIЭ Хьэжбэчыр. 1997 гъэ
Гъуазджэрщ дызэхуэзышар
Сэ библиотекэм сыщылажьэрт. Мухьэдин абы накIуэрт тхылъ, журнал, газет гуэрхэм еджэну. Адрей щIэджыкIакIуэхэми хуэдэу, абыи зыхуей тхылъхэр, тхыгъэхэр къыхуэзгъуэтыну сыхущIэкъурт. Езыращ гу къыслъызытар. Ар нэхъыбэрэ къакIуэ хъуащ ди библиотекэм. ИтIанэ къысщIэупщIащ икIи илъэс иримыкъукIэ дызэхуэзауэ, зы унагъуэ дыхъуну тедухуащ. ЖыпIэ хъунущ макъамэ гъуазджэм дызэхуишауэ. ПцIы хэлъкъым сэ япэу сызэплъар абы и хьэл-щэныр, и щытыкIэр, и цIыху хэтыкIэр арауэ зэрыщытым. ГушыIэрейт, губзыгъэт, куэдым фIыуэ къалъагъурт.
Ар зыпхыкIа гугъуехьхэр бгъэвауэ апхуэдэ цIыхуу укъызэтенэныр къызэрымыкIуэу лIыгъэшхуэт. Арагъэнщ макъамэр фIыщэу зэрилъагъур, абы «къыдэхуэ» лъагъуныгъэр ди пхъум нэхъыбэу зэрылъигъэсыр зэи щхьэжэ щIэзмыщIар.
Сэ Мухьэдин тезгъэгушхуауэ щытащ къызыщIашу ягъэтIыса Ленинград консерваторэм щIэтIысхьэжу ар къиухыжыну. Апхуэдэ мурад абы иIэжтэкъым, ауэ сэ къызгурыIуэрт узрилэжьэну уи гугъэ дэтхэнэ зы IэщIагъэми щIэныгъэр и лъабжьэу щытын зэрыхуейр.
Мухьэдин ныбжьэгъу куэд иIащ икIи ахэр фIыуэ илъагъурт. Апхуэдэхэт, псалъэм папщIэ, Сэкрэк Хьэсэн, Къардэн Хьэсэн, Молэ Владимир, ПащIэ Ахьмэд, Темыркъан Юрэ, ХьэхъупащIэ Хьэжбэчыр, ХьэIупэ ДжэбрэIил, Мысачэ Пётр, Кулиев Къайсын, КIыщокъуэ Алим сымэ, нэгъуэщIхэри. Мухьэдин цIыхухэр фIыуэ илъагъурт, макъамэ тхыным къыщыдэхуэм и деж ахэр и гъусэу зэрыгъэгушхуэу, зэдэуэршэру щысыну фIэфIт.
Мухьэдин фIыуэ ищIэрт унагъуэм и мыхьэнэр, дэIэпыкъуэгъуфIт, псом хуэмыдэу дипхъу Линэ хуимыщIэн щыIэтэкъым. Куэдрэ согупсыс: сыту куэд макъамэ гъуазджэм хуищIэфыну къэнат, сытуи и узыншагъэр Iэпэдэгъэлэл ищIрэт. Бетэмал, сэ ар къызэдэIуамэ, и гъащIэм къыпищэну къысщыхъурт.
Мухьэдин и благъэ гъунэгъуу, и ныбжьэгъу пэжу нобэ псэухэм фIыщIэшхуэ яхузощI, абыхэм ядэслъагъу пщIэмрэ нэмысымрэ щхьэкIэ.
КЪУМАХУЭ Тамарэ.
Лъэужь дахэ къэзыгъэна
Фигу къэдгъэкIыжынщи, Кэнжэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм мазэ зы-тIу ипэкIэ щагъэлъэгъуащ, телевизорымкIэ къатащ республикэм и профессиональнэ музыкэ гъуазджэм и лъабжьэр зыгъэтIылъахэм ящыщ, лъэпкъ макъамэм и классик Балэ Мухьэдин и гъащIэмрэ и гуащIэмрэ теухуа документальнэ фильм. Ар ягъэхьэзыращ «Урысей 1» къэрал телерадиокомпанием и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и лэжьакIуэхэм, журналист Битокъу Нелли я пашэу.
Композитор цIэрыIуэм и псэукIамрэ и лэжьыгъэмрэ цIыхухэр щыгъуазэ ящIын папщIэ абы къыщагъэсэбэпащ КъБР-м и къэрал архивым, Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Урысеймрэ я архив нэхъыщхьэхэм я фондхэм, республикэм и радиомрэ телевиденэмрэ щахъумэ нэтын гъэщIэгъуэнхэм щыщхэр. Пшыхьым къыщыпсэлъахэм нэхъыщхьэу къыхагъэщар Балэ Мухьэдин цIыху нэфIэгуфIэу, сабийхэр фIыуэ илъагъуу, макъамэм зэфIэкI ин щиIэу, гушыIэ хэлъу, хьэл-щэн дахэ зыдэплъагъуу зэрыщытаращ.
- КъызэрыщIэкIамкIэ, Балэ Мухьэдин и гъащIэмрэ и гуащIэмрэ теухуауэ мащIэ дыдэт тщIэр. Хэку зауэшхуэм щыгъуэ гъэр зэрыхъуар, иужькIэ зыпхыкIа ГУЛАГ-р… - къыджеIэ фильмыр зыгъэхьэзыра Битокъу Нелли. - Апхуэдэхэм щхьэкIэ зыри жамыIэмэ нэхъ къызэращтэр хьэкъ сщыхъуащ, ди республикэм и телевиденэм и нэтын гъэтIылъыгъэхэм Балэ Мухьэдин теухуауэ зы кадри къыщыщызмыгъуэтым. Абы си гум къыщигъэушащ Мухьэдин теухуауэ нэхъыбэ зэзгъащIэу ар телевизореплъхэм я деж нэсхьэсыну. Фильмым хэт макъамэ IэдакъэщIэкIхэм (ахэр мащIэкъым) зэрызыщагъэгъуэзам къыдэкIуэу, а лIы хахуэм, зэфIэкI ин зиIам, абы щыгъуэми къызэрыгуэкI дыдэу дунейм тетам и гъащIэм нэгъуэщIынэкIэ ириплъэжыну, яхуэщхьэпэн куэд къыхахыну, ар щапхъэ яхуэхъуну си гуапэщ. Апхуэдэу хъурэ - лэжьыгъэм иужь сыщихьэм зыхуэзгъэувыжа къалэнхэмрэ мурадхэмрэ къызэхъулIауэ къэслъытэнущ.
Зытхыжар
БЛИЙ Даянэщ.
Балэ Мухьэдинрэ Къардэн Хьэсэнрэ я деж къэкIуащ уэрэджыIакIуэхэр: Къашыргъэ Билал, Къуэдзокъуэ Владимир, Шыкъ Михаил, КIуащ Верэ сымэ. 1973 гъэ
СССР-м и Композиторхэр Москва щызэIуощIэ. 1973 гъэ
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1972.txt"
} |
Адыгэ Хасэм и гъуэгуанэ кIыхьыр
Къэбэрдей Хасэм унафэ къыщащтэ.
Сурэтыр СэвкIуий Хьэмид ищIащ.
Адыгэ гупсысэкIэм «хасэ» псалъэр нэхъыбэу зрипхыр нарт лъэхъэнэрщ. А зэман жыжьэм щегъэжьауэ, лъэпкъым нэхъ лIы Iущу исхэр щызэхуашэсу, цIыхубэм яхуэщхьэпэну унафэ лъагэхэр къыщащтэ зэхуэсхэм я гугъу щащIым деж, а псалъэр къагъэсэбэп.
ЛIэщIыгъуэ бжыгъэкIэ зэтеува къудей мыхъуу, зэманым къыздихь къалэнхэмрэ Iэмалхэмрэ елъытауэ Iэджэрэ зызыхъуэжа а унафэ щIапIэм тхыдэм и кIыхьагъкIэ игъэзэщIа пщэрылъым уриплъэжыныр гъэщIэгъуэн къудейкъым, ущие куэди хэлъщ. Ди мурадым дылъэIэсын папщIэ, щIэгъэкъуэн къытхуохъу тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор Къэ-жэр Валерэ и IэдакъэщIэкIыу 1992 гъэм Налшык къыщыдэкIауэ щыта «Адыгэ Хасэ» тхылъ цIыкIур.
Нобэрей дуней утыкум къэралыгъуэ яухуауэ ит лъэпкъхэм апхуэдэ Iэмал къезытыр тетыгъуэ - хэгъэгум щызекIуэ унафэхэр цIыхубэм ялъэзыгъэIэс политикэ Iэмэпсымэ - зэраIэрщ. Дунейпсо терминхэм ящыщу а мыхьэнэр нэхъ къызэщIэзыубыдэ псалъэр «парламент» жыхуаIэращ, езыхэм я бзэм къыхахауэ къэрал къэс фIэщыгъэ щхьэхуэ къыщагъэщхьэпи къохъу. Псалъэм папщIэ, Германием - Бундестаг, Украинэм - Радэ, Урысейм - Думэ, къинэмыщIхэр. Унафэ нэхъыщхьэр зыIэщIэлъ президентым укъыфIэкI-мэ, щIыналъэм щыпсэу цIыхубэм я псэукIэр ирагъэфIэкIуэнкIэ щыгугъыу, дзыхь зыхуащI, хэхыныгъэкIэ къыхагъэщхьэхукI лIыщхьэхэр щызэхуашэс а политикэ ухуэныгъэрщ къэралыр къэрал зыщIыжыр. Аращ цIыхубэр зыгъэтыншыпхъэ хабзэщIэхэр къыщыдагъэкIри, ахэр гъащIэм хэпща зэрыхъуну Iэмалхэр къыщагъуэтыфри. Апхуэдэ политикэ Iэмэпсымэ иIащ «Шэрджэсей» цIэр зэрихьэу илъэс щитI хуэдиз ипэкIэ Кавказ Ищхъэрэм ита хэгъэгум. Адыгэхэм я парламентым зэреджэу щытар Хасэщ.
«Хасэ» псалъэм и мыхьэнэр нэсу къызэщIаубыдэн мурадым елэжьа тхыдэджхэм я лэжьыгъэхэр, хэкум къихьэну къызыхуихуа дзэзешэхэмрэ зыплъыхьакIуэхэмрэ яIуэтэжахэр зэпилъыта нэужь, ищхьэкIэ зи гугъу щытщIа Къэжэр Валерэ шэч къытримыхьэжу жеIэ Адыгэ Хасэм къикIуа гъуэгуанэр ноби Iуэху зэфIэхыкIэ IэзагъкIэ узыдэплъеиж хъуну IуэхущIапIэу зэрыщытар.
Тхыдэм и кIыхьагъкIэ Адыгэ Хасэм и къалэныр езым и гукъыдэжкIэ зэи зэримыгъэтIылъам, абы къыщащта унафэхэр цIыхубэ гъащIэм щыщ зэрыхъуам, Хасэм хэтынухэр зэрыхахыу щыта щIыкIэм тэмакъкIыхьу ущриплъэжкIэ, уи фIэщ мэхъу адыгэ парламентым и лэжьэкIэр нобэ уей-уей жезыгъэIэу дунейр зыгъэзджыздж къэралыгъуэшхуэхэм я хэгъэгу зехьэкIэм емыфIэкIамэ, абыхэм къакIэрыхуу зэрыщымытар. Псом хуэмыдэу, а гупсысэр наIуэ пщещI Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхыдэм, сыту жыпIэмэ, Къэбэрдейр Шэрджэсейм и Iыхьэ нэхъ лъэрызехьэ къудейтэкъым, ар Кавказым ит хэгъэгухэм я нэхъ лъэщт.
«Хасэмрэ пщы-уэркъхэм я лъэхъэнэм зэфIэува Шэрджэсеймрэ я тхыдэр джыныр ди къалэнхэм я нэхъ лъапIэщ», - къытригъазэурэ щытрегъэчыныхь Къэжэр Валерэ и тхылъым. Адыгэ хэгъэгу псоми я тхыдэм ириплъэ пэтми, Къэбэрдейр щапхъэ нэхъ Iэгъуэу къигъэсэбэпурэ, щIэныгъэлIыр гупсысэ пэжым тоIэбэ: Хасэр фIэкIуэда нэужьщ лъэпкъым и хуитыныгъэр щыфIэкIуэдар. Абы къегъэлъагъуэ Хасэм хуэфэщэн къару егъэгъуэтыжын плъапIэр езы лъэпкъым хуитыныгъэ игъуэтыжын хъуэпсапIэм быдэу зэрепхар.
ГъэщIэгъуэнщ Хасэм зэманым елъытауэ зэрызихъуэжа щIыкIэм уриплъэну. Абы гугъэзагъэу топсэлъыхь тхыдэдж цIэрыIуэ Нало Евгение: «Адыгэ Хасэр цIыхубэр лIакъуэкIэ зэрымыгъэгуэш щIыкIэ лъэпкъ зэхуэс мыхьэнэ иIэу зэфIэуващ. ИужькIэ, пщыхэмрэ уэркъхэмрэ къахэщхьэхукIа нэужь, дэтхэнэ лIакъуэри езым и Хасэ иIэжу щхьэхуэу зэхуэсырт. Лъэхъэнэр мамырмэ, Хасэшхуэр зэрыхъур къудамитI къудейт: пщыхэмрэ уэркъхэмрэ. Ауэ зауэ зэманым абы и лэжьэкIэм зихъуэжырти, ещанэ къудамэу мэкъумэшыщIэхэмрэ цIыху щхьэхуитхэмрэ къахыхьэрт».
Адыгэ Хасэр зыхуэдар уи нэгум къыщIэбгъэхьэжыну ущыхуежьэкIэ, нэхъ укъэзыгъэуIэбжьуи, удэзыхьэхыуи, зи жэуапыр къэбгъуэтыным урихулIэуи къэув упщIэхэм язщ абы и цIэр, нэгъуэщIу жыпIэмэ, лъэпкъым тетыгъуэ зэриIэр къызэригъэнаIуэ зэхуэсышхуэм «хасэкIэ» зэреджэр зэхъуэкIыныгъэ имыгъуэту лIэщIыгъуэ бжыгъэм къызэрыпхихыфар. Къэралыгъуэ IуэхузехьэпIэ зыфIэпщыфыну пщы-уэркъ Хасэм ущрихьэлIэр Шэрджэсейр е Къэбэрдейр дунейпсо утыку зэрихьам теухуа дэфтэрхэрщ. Ауэ щыхъукIэ, Сосрыкъуэ санэхуафэ здаша, Нэсрэн ЖьакIэ зи жьантIэм дэса зэхуэсми зэреджэр Хасэт.
«Сыт а тIум зэхуаIуэхур?» - къехьэкI-нехьэкI хэмылъу егъэув упщIэр Къэжэр Валерэ. ЩIэныгъэлIым къызэрыфIэщIымкIэ, Хасэм теухуауэ зыгуэр къыдэзыгъащIэу къытфIэщI IуэрыIуатэ тхылъхэм дзыхьышхуэ яхуэпщI хъунукъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, адыгэхэр къэралыгъуэ щхьэхуиту зэрыщытар цIыху цIыкIум, псом хуэмыдэу езы лъэпкъым щыщхэм, щагъэгъупщэжын мурадым къару мымащIэ телэжьащ.
Сыт хуэдэ щIыкIэкIэ лъэпкъым ищIэр зэрыщыбгъэгъупщэжыфынур? Япэрауэ, тепсэлъыхьыпIэ иумытурэ. ИтIанэ - и нэкIэ илъэгъуам, гукIи ищIэжым и нэгум ущытеIэзэщIыхьыжурэ, абы мыхьэнэ иIар нэгъуэщI зыгуэр хуэдэу жепIэурэ. Ещанэу - пэжыфэ тету зэбгъэпцIа пцIыр къытебгъазэм-къытебгъазэурэ зэрызэхебгъэхым нэмыщI, езым нэгъуэщI жиIэныр хуумыдэурэ. ЩIэныгъэлIым къызэрилъытэмкIэ, Адыгэ Хасэр зэрыщыта дыдэр лъэпкъым IэщIагъэхужын унафэм а къару псори щызэдэлэжьащ.
Нарт лъэхъэнэм щыIа хасэхэм къэралыгъуэ Iуэху зэрызэрамыхуари, ар политикэм, хэгъэгу хуитыныгъэр хъумэн Iуэхум зэрыпхуемыпхынури апхуэдизкIэ гурыIуэгъуэти, куэдрэ къытебгъазэу утепсэлъыхькIэ цIыхубэр абыкIэ пхуэгъэщхьэрыуэнутэкъым. А лъэныкъуэмкIэ укъеплъмэ, Нарт Хасэр зыкIи къыщхьэщыкIыу къыпфIэщIыркъым нобэ гуфIэгъуэ тхьэлъэIу жыхуаIэу ефэ-ешхэ щрагъэкIуэкI зэIущIэхэм. Зэзэуэнрэ текIуахэр ягъэфIэжынрэ фIэкIа хабзэ зыхэмылъа лъэпкъыр «хьэщхьэрыIуэу», «лъэпкъ мыгъасэу» щытауэ езым и фIэщ пщIыжынуи «цивилизацэ» къыхуахьыху езыхэр мэзым щIэсауэ къафIэбгъэщIынри гугъу хъунутэкъым, Iэпкълъэпкъ къарукIэ зэрызэпеуэмрэ фадэр зэрахуэхь лъэкIыныгъэмрэ фIэкIа къызыхэмыщ нарт хъыбарыжьхэм фIэкIа къахуумыгъанэмэ.
«Адыгэ Хасэм и пщэ дэлъа къалэнымрэ ар игъэзэщIэн папщIэ къигъуэтыфу щыта хэкIыпIэхэмрэ гурыIуэгъуэ хъун папщIэ, IуэрыIуатэм и закъуэ тегъэщIапIэу урикъуркъым», - жеIэ Къэжэр Валерэ. - Сыту жыпIэмэ, нарт хъыбархэм Хасэр къызэрыхэувэр нэхъыжь е лъэпкъ зэхуэсыпIэ къудейуэщ. Адыгэ Хасэр зищIыс дыдэр джа хъун папщIэ, гулъытэ нэхъыбэ хуэфащэщ Къэбэрдейм XVI-XVIII лIэщIыгъуэхэм щекIуэкIыу щыта пщы-уэркъ зэхуэсхэмрэ зэIущIэхэмрэ. УрысыбзэкIэ «феодальнэ хасэ» жыхуаIэ а зэгухьэныгъэхэрт лъэпкъым къыпэщылъ къалэнхэр щаубзыхури ахэр гъэзэщIа зэрыхъуным теухуа унафэхэр къыщащтэри.
Хасэр нэхъыжь уэршэрыпIэ къудейуэ къыпщыхъуныр щыуагъэ дыдэу зэрыщытыр щIэныгъэлIым емышу къытригъазэурэ жеIэ. Ар лъэпкъым и блэкIар щагъэгъупщэжын папщIэ пхагъэкIа тхыдэ пхэнжым къыуит хуэгъэфэщэныгъэщ. Адыгэ Хасэр зищIыс дыдэр къыщыбгурыIуэнур пщы-уэркъ хасэхэм я Iуэху зэфIэхыкIэм щыгъуазэ зыпщIмэщ. Абыхэм я лэжьэкIэм къегъэлъэгъуэж адыгэ тхьэмадэхэм я унафэр хэгъэгу кIуэцIым щызекIуэу зэрыщытари, абыхэм я псалъэм къарууэ щIэлъари, апхуэдизыпщ зэрыс хэкум зэгурыIуэныгъэр къыщымытIасхъэу хамэ щIыналъэхэм зыпащIэфу, ядекIуэкIыфу зэрыпсэуари. Апхуэдэ хэку зехьэкIэ нэгъэса зиIа лъэпкъыр «зыужьыныгъэм хуэхейуи», «къыкIэрыхуауи», «кIыфIыгъэм хэтуи» зыми и фIэщ пхуэщIыжынутэкъым. Аращ зэрыпхъуакIуэм Хасэм и тхыдэ пэжыр игъэкIуэдыжыным къаруушхуэ щIрихьэлIар.
Адыгэхэр езыхэм я къарукIэ псэужыфу щытауэ жыпIэныр къэралыгъуэм имыдэн Iуэху еплъыкIэт а зэманым. Абы къыхэкIыу, IуэрыIуатэми къыхахар езыхэр я мурадым тезыгъэIэбэн щыхьэтхэрт. НэгъуэщI щхьэусыгъуэ хуэбгъуэтыркъым, псалъэм папщIэ, 1936 гъэм къыдэкIа «Къэбэрдей IуэрыIуатэ» («Кабардинский фольклор») тхылъым адыгэхэм XVIII лIэщIыгъуэм и кIэм - XIX и пэм я щхьэ яхъумэжын папщIэ ирагъэкIуэкIа бэнэныгъэм теухуа хъыбари уэрэдыжьи узэрыщримыхьэлIэм. Ахэр Iуэху ящIу хамыщыпыкIамэ, а зэманым щыIа хасэхэм я лэжьэкIэри зыщIыпIэ деж къыщыхэщынут.
Дауэ хъуами, лъэпкъым и тхыдэм «гъуанэ» гуэр къыщыунэхуащ, адрей лъэпкъхэм я деж щызекIуа щапхъэхэмкIэ зэрыхуейуэ якудауэ. Абы къыхэкIыу, Хасэм и мыхьэнэр нарт лъэхъэнэм къаубла «цIыхубэ зэхуэс» жыхуаIэм хуагъакIуэри ежьэжащ. Я мурадыр адыгэхэм я хэку зехьэкIэр мыхьэнэншэу къагъэлъэгъуэнырти - къехъулIащ.
Ар зэрыпцIыр къыщIэзыгъэщ щапхъэу урикъунщ лъэпкъым и лъабжьэр зыгъэтIылъауэ къалъытэ пщы Инал щэджащэр, къэбэрдеипщхэми беслъэнеипщхэми я адэжьыр, пщы уэлийуэ щыхахар Хасэрауэ зэрыщытыр, абы и щыхьэтхэр IуэрыIуатэми къыхощ.
Иджыпсту адыгэ тхыдэм тепсэлъыхь гуэрхэм лъэпкъым игъащIэм зэгурыIуэныгъэ яхэмылъауэ, зи акъыл зэтемыхуэхэм асыхьэтым зызэраупсейрэ зэрыукIыж зэпыту щыта хуэдэу зэхыуагъэх. Адыгэ хасэжьхэм я лэжьэкIэр абы щыхьэт техъуэркъым. Зы пщы гупым Урысейм и лъэныкъуэр, адрейхэм - Кърымым и лъэныкъуэр яIыгъыу, Къэбэрдейм зэман кIыхькIэ Къэщкъэтаухэмрэ Бахъсэнхэмрэ жаIэу, пщы гупитI щызэдэпсэуащ. ИтIани, лъэпкъпсо Iуэху къыщыдахкIэ, лъэныкъуитIыр зэхуэзэрти зэдэлажьэрт.
Ди лъэхъэнэм ипэкIэ щыIа пасэрей Нарт Хасэмрэ лIэщIыгъуэ курытхэм, XVI-XIX лIэщIыгъуэхэм, зэфIэува пщы-уэркъ Хасэмрэ зэдгъэпщэнуи зэдгъэщхьынуи Iэмал къыдэзытыр тIуми дащытепсэлъыхькIэ «хасэ» псалъэр къызэрыдгъэсэбэпырщ. Ауэ сыт хуэдизу хэгъэзыхьауэ нарт хъыбархэм дримыплъэжми, дэ абыхэм жыжьэрэ гъунэгъуу къыщыдгъуэтыфыну къыщIэкIынкъым пщы-уэркъ Хасэм хэлъа къарумрэ зэгъэзахуэмрэ. Абы и щхьэусыгъуэнкIи хъунур, зэрыжытIауэ, апхуэдэ щапхъэхэр щыIэпауэ щытми, ахэр цIыхубэм щагъэгъупщэжыныр мурад укъуэдияуэ зэрыщытарщ. ЕтIуанэ щхьэусыгъуэр - а зэфIэдгъэувэжыну дызыхуежьа тхыдэм щыхьэт хуэтщIыну дызыхуежьэ урыс дэфтэрхэр зэрыпхъуакIуэм, фIы игу имылъу адыгэ лъэпкъыр зэрызэхэтым щыгъуазэ зищIыну яужь ихьа цIыхухэм я IэдакъэщIэкIыу зэрыщытырщ. Псалъэм папщIэ, куэдрэ зи цIэ урихьэлIэ Потёмкин Павел Кавказыр урыс Iэщэм и унафэм щIигъэувэныр зи пщэрылъу къаутIыпща дзэпщт. «Абы пцIы иупсынутэкъым» зыхужыпIэфын дэтхэнэ урыс тхыдэтхми ди бзэр имыщIэу, езыхэм жыIэщIэ яхуэхъуахэм жраIэм тещIыхьауэ псори къазэрыгурыIуэм ищIыIужкIэ, езыхэр зэдаIуэр пащтыхьырт. Нобэ абыхэм ятхам къеджэж дэри ди щIэныгъэбзэр зэрыпхъуакIуэм и бзэу зэрыщытым ди зэхэщIыкIым и къарур фIыуэ щIех. Къанэр сыт? Адыгэ щIэныгъэлIхэм дзыхь яхуэтщIу, абыхэм жаIэм япкъ иткIэ, Хасэр зэрыщытар хуэгъэфэща защIэу къызыфIэдгъэщIынырщ. Ауэ а Iуэхури узэмыплъэкIыжу узыгъэгушхуэхэм ящыщкъым. ЩIэныгъэлIхэр зэрытхэр зэрыурысыбзэм укъыфIэкIмэ, ахэри я гур утIыпщауэ хуиту псалъэркъым. Къытхуэнэр щыIэр зэхуэтхьэсыжу ди Iэмал, ди акъыл къызэрихькIэ Iуэхур зыгурыдгъэIуэнырщ.
Пэж ящIыну зыхуежьа пцIым къару игъуэтын папщIэ, зыхуейр зэрыпхагъэкIын Iэмал ягъуэтын хуэдэу, Нарт Хасэмрэ пщы-уэркъ (феодальнэ) Хасэмрэ зэтехуэу зыгуэр яхэлъын хуейт. Сыт ар?
Япэрауэ, Нарт Хасэри пщы-уэркъ Хасэри щхьэж зыхиубыда зэманым хуэфащэ политикэ Iэмэпсымэт, лъэпкъыр зезыгъакIуэ тетыгъуэм ищI унафэхэр щаубзыхурэ ар зэрыпхагъэкIыну щIыкIэм щытепсэлъыхьу. ЕтIуанэрауэ, Нарт Хасэми пщы-уэркъ Хасэми цIыхубэм я гъащIэр зэрагъэкIуэныр я пщэ дэлът. Ещанэрауэ, а чэнджэщ зэIэпыхыпIэхэм екIуалIэр лъэпкъым и Iыхьэ мащIэрт. ЕплIанэрауэ, абы хэтхэр хахыу щытакъым. Нарт Хасэм, псалъэм папщIэ, лIыхъужьхэр ирагъэблагъэрт, ауэ апхуэдэпщIэ зылъагъэсынухэм я цIэ къизыIуэр цIыхубэратэкъым. Апхуэдэ дыдэт пщы-уэркъ Хасэм и Iуэхури. Абы хагъэхьэхэм а хуитыныгъэр щIы яIыгъым и гъусэу, я адэхэм къыIэпах щIэину къаIэрыхьэу арат. Етхуанэрауэ, Нарт Хасэми пщы-уэркъ Хасэми я тхьэмадэхэр псэуху тетыну хахырт: Нэсрэн-ЖьакIэ - нартхэм, пщы-тхьэмадэр - феодальнэ Хасэм.
Адыгэбзэм «хасэ» псалъэм нэмыщIи «зэIущIэ, зэхуэс, чэнджэщ» хуэдэ псалъэхэу цIыху бжыгъэшхуэ зэрызэхуэзар къэзыгъэлъагъуэ куэд хэтщ. А мыхьэнэ дыдэрщ яIэр Хасэм и лэжьэкIэм тепсэлъыхьрей, лыхь (Польшэ щылъху) зыплъыхьакIуэ Потоцкий Ян «пэкIу» зыфIища зэхуэсхэм. Къэжэр Валерэ гу зэрылъитауэ, «Хасэм и зэIущIэ», «Хасэм и зэхуэс», «Хасэ пэкIу» жыпIэ щыхъукIэ, пасэрей щIэныгъэлIхэр, дунеяплъэхэр, урыс дзэзешэхэр зытепсэлъыхь зэIущIэшхуэхэм я нэхъыбэр Хасэу зэрыщытам шэчышхуэ къытумыхьэми хъунущ. Ар зы еплъыкIэщ.
Мыдрей еплъыкIэм ипкъ иткIэ, дэтхэнэ зэIущIэми ХасэкIэ уеджэну хуит укъэзымыщI щхьэусыгъуэщ лъэпкъыр зэхуэсыху, ар парламент зэхуэс защIэу зэрыщымытар. Абы къыхэкIыу, «зэIущIэ, зэхуэс, пэкIу» псалъэхэр Хасэм теухуауэ къэбгъэщхьэпэ хъуми, езы Хасэм и закъуэ утыку къыщихьэм дежщ абы къэралыгъуэ унафэ щIыпIэм къытехуэ мыхьэнэ щихьыр, ар лъэпкъым и парламенту къэплъытэн Iэмал къущитыр.
Адыгэ Хасэр зищIысыр этнографием (лъэпкъхэр зыдж щIэныгъэм) япэ дыдэ къыхэзыхьар урыс дзэзешэ Потёмкин Павелщ. Абы и гукъэкIыжхэм къыхощ «зэIущIэшхуэ», «чэнджэщышхуэ» жыхуиIэ зэхуэсхэр зэрылажьэу щыта щIыкIэр. Ахэр гупищу зэхэтт: пщыхэр, уэркъхэр, зи нэхъыжь къэзыгъакIуэ мэкъумэшыщIэхэр. Нобэрей политикэ псалъалъэр къэбгъэщхьэпэмэ, адыгэ парламентыр «трехпалатнэт», ищхьэкIэ зэрыщыжытIауэ, лIакъуэ-лIакъуэкIэ гуэшарэ къудамищу зэхэту.
Потёмкиным 1784 гъэм утыку кърихьа лэжьыгъэхэм щыжеIэ: «Ахэр [адыгэхэр] псори щызэхуэзэ зэIущIэшхуэр е чэнджэщышхуэр - мыхьэнэ куу зиIэ, екIуу къызэрагъэпэщ зэхуэсщ, мурад нэхъ лъагэхэри иупхыну хуэфащэу. Абы къыщыхалъхьэ дэтхэнэ зы жэрдэмри къызыбгъэдэкIыр пщыхэрщ: зы цIыху-цIыхуитI е нэхъыбэ зэчэнджэщыжу утыку кърахьауэ. Ар къызэрызэрагъэпэщыр мыпхуэдэ щIыкIэкIэщ. Пщы-тхьэмадэм уэркъхэмрэ лъэпкъхэм я нэхъыжьхэмрэ щызэхуэзэну щIыпIэм теухуауэ хъыбар ярегъащIэ. Ахэр зэхуэса нэужь, къызыхэкIа лIакъуэм елъытауэ, псоми гупищу загуэш: пщыхэр, уэркъхэр, лъэпкъхэм я нэхъыжьхэр. Пщыхэм зыгуэр къыхалъхьэну щыхуейм деж, я жэрдэмыр уэркъхэм бгъэдалъхьэ. Къыхалъхьа Iуэхум фIырэ Iейуэ хэлъым ахэр топсэлъыхь, ауэ езыхэр пщыхэм я унафэ зэрыщIэтым къыхэкIыу, нэхъыбэм арэзы мэхъу. Абыхэм къабыл ящIа унафэр лъэпкъхэм я нэхъыжьхэм я пащхьэ иралъхьэ. ЦIыхубэр арэзы зытехъуэ унафэр хабзэ (закон) мэхъу. Ахэр хуитщ пщыхэм къыхалъхьэу уэркъхэм къабыл ящIа унафэр якъутэжыну. НэгъуэщIу жыпIэмэ, лъэпкъ цIыхубэм я Iуэху еплъыкIэм хабзэм и къару егъуэт. Пщыхэм я пщэ къыдохуэ утыку кърахьа хабзэщIэхэр гъэзэщIа зэрыхъуным хэкIыпIэ къыхуагъуэтыну. Уэркъхэр абыхэм ядоIэпыкъу. Пщыхэм я Iуэху еплъыкIэр лъэпкъым къабыл егъэщIыныр зи пщэрылъыр уэркъхэрщ».
Абы нэхъри зрегъэубгъу зи цIэ къитIуа Потоцкий Ян 1798 гъэм Шэрджэсейм зэрыщыIар къыщиIуэтэж сатырхэм: «Зэрыхэгъэгуу зыгъэпIейтей Iуэхухэм «пэкIу» жыхуаIэ, лъэпкъ къэс къабгъэдэкI лIыкIуэхэр къызэкIуалIэ зэIущIэхэм щытопсэлъыхь. Ахэр ныбжькIэ нэхъыжь пщым е пщы-тхьэмадэм ирегъэкIуэкI. Апхуэдэ зэхуэсхэр къудамитI мэхъу: пщыхэмрэ уэркъхэмрэ. КъудамитIми щхьэж и лIыкIуэхэр адрейм хуегъакIуэ, зэрыжаIэмкIи, а зэхуэсхэр екIуу, зэхэтыкIэ дахэм и щапхъэу йокIуэкI. Аращ адыгэхэм я къэрал зехьэкIэм теухуауэ къытхуэщIар».
Потоцкэм жиIэм шэч къытрыдегъэхьэ а зэманым къыдэкIа нэгъуэщI дэфтэрым. Абы зэрыжиIэмкIэ, Хасэр абы щыгъуэ къудамищ хъууэ щытащ. Ардыдэм щыхьэт тохъуэ адыгэ тхыдэм теухуауэ напэкIуэцI куэд къызэзынэкIа, нэмыцэ зыплъыхьакIуэ Клапрот Юлиус 1807 - 1808 гъэхэм итхахэр: «Iуэху гуэр зэфIэхын щыхуейм деж, пщы нэхъыжьхэр, уэркъхэр, мэкъумэшыщIэ нэхъ бейхэр зэхуосри, унафэ къащтэ. Абыхэм куэд дыдэ къыщапсэлъ, къекIуэлIахэр Iэуэлъауэшхуэхэр къагъэIуу щызодауэ».
Хамэ лъэпкъхэм щыщ зыплъыхьакIуэхэм жаIэм ядыщIыгъужыпхъэщ езы лъэпкъым къыхэкIа Нэгумэ Шорэ и къэгъэлъэгъуэкIэри: «Зэхуэсхэр зэрекIуэкI щIыкIэр хабзэ гуэрым теуващ хуэм-хуэмурэ. Пщыхэм къыхалъхьэ дэтхэнэ жэрдэмми езыхэм щIыпIэ хэха гуэрым кърагъэблэгъа нэхъыжь зыбжанэ щытопсэлъыхь. ИтIанэ пщыхэмрэ а нэхъыжьхэмрэ Iуэхур уэркъ псори зэкIуалIэ зэхуэсым бгъэдалъхьэри, щхьэж и Iуэху еплъыкIэр къыхелъхьэ. Уэркъхэр пщыхэм я унафэ зэрыщIэтым къыхэкIыу, нэхъыбэм абыхэм зытрагъэчыныхь еплъыкIэм арэзы тохъуэ. КъыкIэлъыкIуэ лъэбакъуэу Iуэхур пщыхэм я унафэм щIэт, псори зэкIуалIэ лъэпкъ зэхуэсышхуэм и утыку къралъхьэж. ЦIыхубэм къабыл ящIар хабзэ мэхъу. Пщыхэм я жэрдэмыр уэркъхэм я деж щыпхыкIа нэужьи, цIыхубэращ хуитыр ар къащтэнрэ къамыщтэнрэ. ЦIыхубэр макъкIэ (тхыгъэншэу) арэзы зытехъуа унафэм хабзэм и къару егъуэт. Пщыхэм я къалэныр хабзэр гъащIэм хапщэнырщ. Абы щхьэкIэ зыдагъэIэпыкъу езыхэм я унафэ щIэт уэркъхэр. Уэркъхэм я къалэнщ лъэпкъпсо зэхуэсхэм (къызэрыбгурыIуэн хуейр - Хасэм) къекIуэлIа цIыхубэм пщыхэм я Iуэху еплъыкIэр щыпхагъэкIыну».
Гу лъытэгъуафIэщ Потёмкинымрэ Нэгумэмрэ Хасэм теухуауэ жаIэр зэрызэтехуэм. ЖытIам къытыдогъазэри, адыгэ парламентыр нобэрей къэралыгъуэ псалъалъэкIэ, «палатищу» е къудамищу зэхэт къэрал унафэ зэфIэхыпIэт. А къудамищыр - пщыхэр, уэркъхэр, мэкъумэшыщIэхэр.
Хасэмрэ пщы уэлиймрэ зыхуэбгъэдэфынур, псалъэм папщIэ, нобэрей Урысейм и Президентымрэ Федеральнэ Зэхуэс жыхуаIэмрэщ. Сытми, къэралыгъуэм и унафэщI нэхъыщхьэмрэ абы и дэIэпыкъуэгъу къулыкъущIэшхуэхэр щызэIущIэ IуэхущIапIэ нэхъ ин дыдэу къэралым итымрэ. Адыгэ IуэрыIуатэм ущрохьэлIэ лъэпкъым и къежьапIэр зрапх пщы Инал, къэбэрдеипщхэмрэ беслъэнеипщхэмрэ къызытехъукIыжар, пщы-тхьэмадэу Хасэм зэрыщыхахам. Ар щыхьэту къоув, япэрауэ, демократ хэхыныгъэхэр адыгэхэм я щыпэлъагъуу зэрыщымытамкIэ. ЕтIуанэу, апхуэдэ къэрал зехьэкIэ Iэмалыр пасэ зэманым къызэрыщежьам нэмыщIыж, ар дуней хабзэ зыщIахэм адыгэхэри зэращыщымкIэ.
Адыгэхэр урысхэм нэIуасэ яхуэхъуу, Урысейм и унафэм хэгъэгум хуэмурэ зыщиубгъун зэрыщIидза щIыкIэм уриплъэжмэ, гу лъыботэ хасэмрэ урыс пащтыхьыгъуэмрэ зэрызэдэлажьэм зэхъуэкIыныгъэ куэд къызэрыздишам.
Къэбэрдей пщы уэлийхэм (пщышхуэ, пщы-тхьэмадэ) ятеухуауэ япэу зыгуэр къыщытIэрыхьэр XVI лъэхъэнэм тепсэлъыхь Iэрытххэмрэ лъэпкъхэр зэрызэтепщIыкIыр къэзыгъэлъагъуэ дэфтэрхэмрэщ. Абыхэм къыхохуэ, псалъэм папщIэ, пщышхуэ къалэныр зыхьынур Мэзкуу къыщагъэлъагъуэу, ар Къэбэрдейм къабыл щащIыжын хуейуэ зэрыщытар. КъызэрыбгурыIуапхъэр - Мэзкуу къыщыхалъхьа жэрдэмыр зыдэн-зымыдэн политикэ Iэмэпсымэ Къэбэрдейм зэрыщыIарщ икIи абы и хьэтыр Мэзкуу щалъагъуу зэрыщытарщ.
Архив дэфтэрхэм щыгъуазэ дызэращIымкIэ, а зэман жыжьэм щегъэжьауэ пщышхуэу къагъэлъагъуэр езым и фIэфIыныгъэкIи нэфI-нейкIи хахыу щытакъым, ахэр пщы Инал къытехъукIа лIакъуэм щыщу зи чэзум къылъысу арат. Япэрауэ, тетыгъуэр къызылъыс лIакъуэр зэхагъэкIырт, итIанэ а лIакъуэм пщышхуэу щытыну зыхуэфащэр къыщыхахыжырт.
Адыгэ тхыдэм къыхощ пщы къудамэхэр КIэс жыхуаIэ Инал и адэжьым деж къызэрыщежьэр. Дэфтэрхэм зэрыжаIэмкIэ, пщышхуэ къалэныр а КIэсым къытепщIыкIа лIакъуэм (Инал и щIэблэм) щызэIэпахырт, икIи ар адэм къыбгъэдэкIыу къуэм Iэрымыхьэу, къуэш нэхъыжьым къыIэщIэкIмэ, къуэш нэхъыщIэм Iэрыхьэу къекIуэкIащ. Абы къыхэкIыу, пщышхуэ къалэныр зы лIакъуэм зэманыфIкIэ ирихьэкIынкIи хъунут.
ГъэщIэгъуэн дыдэщ «Къэбэрдей лъэпкъыр» («Описание кабардинского народа») зыфIаща, 1748 гъэм дунейм къытехьа лэжьыгъэм Къэбэрдейм унафэр зэрыщызэIэпахым теухуауэ къиIуатэр:
«Къэбэрдей лъэпкъыр нобэр къыздэсым Инал зи цIэ пщы закъуэм и унафэм щIэту Бахъсэнрэ абы пэгъунэгъу псыежэххэмрэ я Iуфэхэм щыпсэуащ. Инал къуитху иIащ. Я адэр дунейм ехыжа нэужь, зэкъуэшитхум къэбэрдей лъэпкъыр тху иращIыкIащ. Хабзэ зэрахуэхъуауэ, нэхъыщхьэ дыдэу щытыр зэкъуэшхэм я нэхъыжьырт, ар дунейм ехыжмэ, абы къыкIэлъыкIуэу нэхъыжьыгъэр къызылъыс и къуэш нэхъыщIэм тепщэ къалэныр къыIэрыхьэрт. Къуэш имыIэмэ, унафэр зыIэрыхьэр езым и къуэ нэхъыжьырт. Дунейм ехыжа я адэм адрей и къуэхэр а нэхъыжьыгъэр зылъысам и жьауэм щIэту псэун хуейт, зыхэпсэукIыпхъэр тепщэгъуэр зылъыса я къуэш нэхъыжьым къариту, езыхэри абы и жыIэм щIэту.
Зы лъэныкъуэкIэ укъыщеплъмэ, ныбжькIэ е укъызыхэкIам елъытауэ, пщышхуэу ущытын къалэныр къыплъысмэ, зэфIэкIат. Ауэ зи чэзу къэсу апхуэдэ хуитыныгъэ зыгъуэтхэри лъэпкъпсо зэхуэсым, абы къикIыр - Хасэм - къабыл щащIын хуейт, абы щхьэкIэ «Къэбэрдейпсо хасэ» зэхуашэсырт.
Псалъэм папщIэ, Къетыкъуэ Аслъэнбэч дунейм ехыжа нэужь, 1589 гъэм пщышхуэ къалэныр зыхуэфа- щэ хъуар абы и къуэш нэхъыщIэ Жансэхъут. Абы теухуауэ урыс дэфтэрым къыщокIуэ: «Абы [Жансэхъу] пщыгъуэр Мэзкуу къыщратат, ауэ Къэбэрдейм ар къабыл щащIакъым». ИужькIэ Жансэхъу унафэр къызэрыIэрыхьам къегъэлъагъуэ Iуэхум зэрызихъуэжар. ИтIани, Адыгэ Хасэм Мэзкуу къыщыдэкI унафэр къабыл имыщIыну хуиту зэрыщытам абы зэфIэкIыу иIам и инагъыр къыбгурегъаIуэ.
Пщыгъуэр лъэпкърэ лIакъуэкIэ, укъызыхэкIа елъытакIэ къыплъысу щыта щхьэкIэ, уи япэ итыр лIэмэ, тахътэм занщIэу уашэу утрагъэтIысхьэу зэрыщымытам и щыхьэту къоув пщышхуэр щыхахым деж «Къэбэрдейпсо чэнджэщ» зэхашэу зэрыщытар.
Апхуэдэ «чэнджэщхэр» урыс дэфтэрхэм япэу къыщыхэувэр 1589 гъэрщ. Абы щхьэусыгъуэ хуэхъуари ищхьэкIэ зи гугъу щытщIа Къетыкъуэ Жансэхъу тепщэгъуэр къызэрыIэрыхьарщ. Дэфтэрым къыджеIэ, Жансэхъу дунейм ехыжа и къуэш нэхъыжь Аслъэнбэч и бынхэри, езым ейхэри, и къуэш-шыпхъу бынхэри, езы лъэпкъри и гъусэу Къэбэрдейм щызэхуэса пщыхэм зэрахуэзам. КърабжэкI цIэ-унэцIэхэм къахощ Мамстрыкъуэр, Уэщкъаныр, Къундетыр, Хъуэтыр. Абыхэми щIыналъэм ис адрей уэркъхэми абдежым псалъэ щатащ пащтыхьым и бийхэр езыхэм я бийуэ къалъытэу, ягъэпэжу бгъэдэтыну.
Къэбэрдей тхыдэм уриплъэжмэ, пщы-уэлийм и пщIэм щыхэхъуа лъэхъэни щыкIэрыхуаи къыхуихуащ. Пщыхэмрэ уэркъхэмрэ шынагъуэ ящхьэщымыту, езыхэр нэхъ ефIакIуэу щыщыта зэманым щхьэж лъабжьэ быдэ зэрищIыным хущIэкъурт. Абы щыгъуэм Хасэми пщы уэлийми я хьэтырыр нэхъ цIыкIут. Бий щамыIэм деж, къэбэрдеипщхэр езыхэр зэпэувыжырт, зи акъыл зэтехуэ зыбжанэм езыхэм къагуэмыхьэр хэкум щрагъэIэпхъукI къахуихуэу. Апхуэдэ дыдэу, тетыгъуэм щIэхъуэпс пщыр къыщхьэщыжын къилъыхъуэу хамэ къэралхэм щыкIуи къэхъурт. Ахэр я щхьэусыгъуэу къэбэрдей пщы къудамэхэм Урысейм щыгугъ лъэныкъуэрэ (Бахъсэнхэр) Кърымым щыгугъкIэ (Къэщкъэтаухэр) загуэшауэ щытащ. Мы тхыгъэм зи гугъу щытщIыр Хасэращи, а тхыдэ напэкIуэцIым зедгъэубгъункъым. Гу зылъытапхъэ закъуэр 1763 гъэм, Мэздэгу быдапIэр щаухуа лъэхъэнэм пщIондэ, Хасэшхуэм ипэрей къарур зэрыбгъэдэмылъыжарщ.
ИтIани, жыIапхъэщ пщы уэлийм и къарумрэ Хасэм и хьэтырымрэ зэпхауэ къызэрекIуэкIар: зыр дэкIуеймэ, адрейри абы кIэлъэщIыхьэрт. Ар щыхьэту къоув Хасэр пщым и унафэм епха зэпыту, езыми ар и унафэр зэрыпхигъэкI Iэмэпсымэу къигъэщхьэпэу къызэрекIуэкIамкIэ.
1807 - 1808 гъэхэм Къэбэрдейм щыIа Клапрот Юлиус етхыж: «Мыбы щызекIуэ къэралыгъуэ лIэужьыгъуэм цIэ фIэсщынщ жыпIэмэ, абы зэреджапхъэр «пщы-уэркъ республикэщ (республиканско-аристократический строй). Абы куэдкIэ къыщхьэщыкIыркъым 1818 гъэм Шэрджэсейм зэрыщыIам тепсэлъыхьыж Де Мариньи Тёбу жиIэр: «Шэрджэсейр пщы зыбжанэ щытепщэ феодальнэ республикэщ».
1810 гъэм Кавказым щыIа Броневский Семён къызэщIэубыдауэ Кавказым щызекIуэ унафэ зехьэкIэм и гугъу щищIкIэ, жеIэ: унафэ щIыкIэ лIэужьыгъуищри - монархие, аристократие, демократие - Кавказым щызокIуэ, ауэ абы псори щызэхыхьэжащ, псом хуэмыдэу япэ ититIыр.
Адыгэ щIэныгъэлIхэм я гупсысэр Клапротрэ Де Мариньирэ я Iуэху еплъыкIэм тохуэ. Ауэ «аристократ республикэ»-кIэ щIыналъэм ущеджэфынур абы унафэр пщы-уэркъхэм я закъуэ щызэрагъакIуэмэщ. ЩытыкIэр къэзыгъэлъагъуэ псалъэ къигъуэтыфащ ищхьэкIэ зи гугъу щытщIа Броневский Семён: «Къэбэрдеишхуэмрэ Джылахъстэнеймрэ пщы лъэпкъихым я унафэ щIэтщ, дэтхэнэ зыри и щIыналъэм щытепщэу, ауэ псори зы щIыналъэм зэрыхиубыдэм и нэщэнэу, унафэр зэхуэсышхуэхэм щызэIэпах».
Я унафэр здынэсым елъытакIэ, хасэхэр зэщхьэщыкIыу щытащ. XVIII лIэщIыгъуэм и 60 гъэхэм ипэ лэжьа хасэхэм я лъэужьым дриплъэжмэ, гу лъыдотэ абыхэм Iуэху нэхъ цIыкIу дыдэм деж щегъэжьауэ лъэпкъ псом къыпэщылъхэм нэс щызэфIахыу зэрыщытар. Ахэр зэрызэщхьэщыкIыр я унафэр здынэсым елъытауэт. Псалъэм папщIэ, урыс пащтыхьым, хьэмэрэ кърым хъаным деж лIыкIуэ ягъэкIуэн е ямыгъэкIуэн унафэр къэзыщтэну хуитыр пщыгъуэ щхьэхуэм и Хасэрт (удельная хаса), ауэ абы и унафэр зыгъэзэщIэну къызытехуэр езым къедзахэрт, зэры-Къэбэрдеишхуэу абы едэIуэну я къалэнтэкъым. Псоми ягъэзэщIэн хуейр Къэбэрдейпсо Хасэм и унафэм и закъуэт.
Нобэрей дунейм зыщытплъыхьмэ, ХасэкIэ йоджэ Дунейпсо, Къэбэрдей Адыгэ Хасэми, Тэрч, Дзэлыкъуэ, Аруан, Бахъсэн, Шэджэм щIыналъэхэм къедза зэгухьэныгъэ нэхъ цIыкIухэми, адыгэ здэщыIэ хамэ къэралхэм щылажьэхэми. Абы пхуегъэщхьынущ пщыгъуэ-пщыгъуэкIэ гуэшауэ XVIII лIэщIыгъуэм Къэбэрдейм щылэжьа хасэ лIэужьыгъуэхэр.
Пщыгъуэ щхьэхуэхэм я хасэхэм нэмыщI, иджыри пщы зыбжанэ зэгухьэу гуп щхьэхуэ зэрыгъэхъуамэ, абыхэми Хасэ щхьэхуэ яIэжт. Хасэ лIэужьыгъуэхэр мыпхуэдэ щIыкIэу ягуэшу щытауэ хуэбгъэфащэ хъунущ:
1) пщыгъуэ щхьэхуэм и кIуэцI щызэхыхьэ Хасэ;
2) пщыгъуитI зэгухьар щызэхыхьэ Хасэ;
3) пщыгъуищ е нэхъыбэ зэгухьар щызэхыхьэ Хасэ;
4) Къэбэрдейпсо, е, нэхъ пэжу жыпIэмэ, Къэбэрдеишхуэ Хасэ.
Тхыдэ дэфтэрхэм а псори къызэрыхэщыр «хасэшхуэ» («общая хаса») мыхьэнэм тетущ. АпхуэдэцIэ абыхэм щIыфIащар а зи гугъу ящI пщыгъуэм е щIыналъэм хыхьэ псори къызэрекIуалIэм щхьэкIэт: ар пщыгъуэ щхьэхуэми, пщыгъуищу зэхэт зэгухьэныгъэми, Къэбэрдеишхуэ Хасэу щытми.
Ахэр къащхьэщыкIырт нэхъ зэхуэс цIыкIуу, Iуэху пыухыкIа гуэр щхьэкIэ зэхашэ, пщыхэм я уэркъхэр къраджэу щечэнджэщу щытахэм. Ауэ а «чэнджэщ цIыкIухэми» хасэшхуэхэм ещхьу заубгъужырт:
1) зы пщыгъуэм и кIуэцIкIэ;
2) пщыгъуитI зэгухьам я чэнджэщ;
3) пщыгъуищ зэгухьам хыхьэхэм я зэхуэс цIыкIу;
4) Къэбэрдеишхуэм и чэнджэщ цIыкIу.
Къэбэрдейпсо Хасэр хабзэ къыдэзыгъэкI унафэ щIапIэ нэхъыщхьэт (высший законодательный орган). Абы къекIуалIэ пщыхэм пщышхуэу къыщыхахам хабзэр цIыхубэм ялъигъэIэсын къалэн ихьырт (высшая исполнительная власть).
ИщхьэкIэ зи гугъу щытщIа пщыгъуэ щхьэхуэхэм щызэхашэ хасэхэм я гугъу пщIымэ, пщырэ уэркъыу я щIыналъэ Iыхьэм исыр къезышэлIэну хуитыр пщы-тхьэмадэм и закъуэт. Апхуэдэ «Хасэ щхьэхуэхэм» я щапхъэу къэплъытэ хъунущ 1767 гъэм мэлыжьыхьым и 4-мрэ и 11-мрэ Рослъэнбэч Хьэмырзэрэ Бомэт Мысострэ Псыжь адрыщI Iэпхъуэу, кърым хъаным и унафэм щIэувэну зэрызагъэхьэзырым тепсэлъыхьыну зэхыхьа Хасэр. Абы унафэ къыщащтат а Iуэхум Iэмал зэриIэкIэ пэщIэувэну.
1763 гъэм и пэ къихуэу Къэбэрдейпсо Хасэ щызэхуашэса щхьэусыгъуэу тхыдэм къыхэнащ 1753 гъэм жэпуэгъуэм и 29-м щегъэжьауэ щэкIуэгъуэм и 6 пщIондэ зэхэтар: япэщIыкIэ Бахъсэнрэ Шэджэмрэ я зэхуакум дэт Хьэлышыбг къуэм деж, иужькIэ - Тохъутэмыщей (иджырей Чернэ Речкэ) деж. Абы щыгъуэщ Къэбэрдейр IыхьитI зэрищIыкIыу, Бахъсэнхэмрэ Къэщкъэтаухэмрэ я зэхуакум Шэджэм псыежэхыр гъунапкъэу дэтыну унафэ къыщащтар.
1739 гъэм Урысеймрэ Тыркумрэ зэращIылIа Белград зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ, Къэбэрдейр а къэралитIым я зэхуаку дэт гъунапкъэ хуэдэу ягъэуват. Абы къикIыр хэгъэгур къэралитIми щымыщу зэрыщхьэхуитырт. А Iуэхум Къэбэрдейпсо Хасэм и мыхьэнэми и къаруми хигъахъуэрт. Ауэ, зэрыхъу хабзэу, лъэныкъуэкIэ узыхуэсакъын бий зэрыщымыIэм къыхэкIыу, хэкум и кIуэцIкIэ къаугъэхэр къыщыхъеирейт. Апхуэдэу щыт пэтми, зи къару хэзыгъахъуэу лъэпкъпсо унафэм хэщхьэхукIыну мурад зыщI пщыгъуэхэм ар хуагъэдахэу щытакъым. Езыхэми, ирагъэлеймэ, Къэбэрдейм зэрырахуфынур ящIэрт. Мыдрей лъэныкъуэмкIэ укъыщеплъмэ, хамэ къэралыгъуэхэр лъэпкъ Iуэхум къыхэIэбэху, зэры-Къэбэрдейуэ зэрыубыдыным, зэгурыIуэным щхьэхуимыту ирихулIэрт. А къаруитIыр щызэдэлэжьауэ жыпIэ хъунущ Урыс-Кавказ зауэм ипэкIэ екIуэкIа Къэбэрдей хэгъэгу политикэм.
Пщыгъуэ щхьэхуэхэм, зэгухьа гупхэм ирагъэкIуэкI хасэхэм я гугъу пщIымэ, ахэр щызэхуэсыну щIыпIэм теухуауэ унафэр къэзыщтэ хабзэр а къудамэхэм тхьэмадэ яхуэхъу пщы нэхъыжьырт. Къэбэрдейпсо Хасэр щызэхыхьэну щIыпIэр къыхэзыхыну хуитыр пщы-тхьэмадэрт. Нэхъыбэм апхуэдэ щIыпIэр езы пщы-тхьэмадэм иубыд щIыхэм храгъэубыдэрт. ИтIанэми, Хасэр къуажэхэм, псэупIэхэм нэхъ япэIэщIэу зэрырагъэкIуэкIыным яужь итт.
Пщыгъуэхэр зэныкъуэкъуу щыщыта лъэхъэнэм абы и щхьэусыгъуэр пщыхэр псори зэхуагъэдэн, зым адрейм нэхърэ Iэмал нэхъыбэ лъамыгъэсын щхьэкIэт.
1747 гъэм мэкъуауэгъуэм и 13-м Къызбрун къуэм деж щекIуэкIауэ щытащ пщыгъуищу зэхэт гупым я зэхуэсышхуэ. Абы пщы нэхъыжьу къекIуэлIахэт: Бэчмырзэ Батокъуэ, Кургъуокъуэ Бомэт, Къетыкъуэ Жамболэт. Зытепсэлъыхьынур кърым хъаныр щIэмыарэзы гуэрт.
КъыкIэлъыкIуэ зэхуэсыр щекIуэкIауэ щытащ а Къызбрун дыдэм деж 1748 гъэм и мазаем. Утыку илъыр Кургъуокъуэ Бомэтрэ Къетыкъуэ Жамболэтрэ щэхуу, Бэчмырзэ Батокъуэрэ адрей пщыхэмрэ щабзыщIу, Кърым хъаным тхыгъэ зэрыхуагъэхьарт. Урысейр къатеуэ хъумэ, ХьэтIохъущокъуэ Къэсей Къэбэрдейм зэрырахуам теухуауэ хъаныр зэгупсысым щIэупщIэнырт я мурадыр. Зэхуэсыр зэчэнджэщын къудей папщIэ щызэхашэм дежи, ар губгъуэм зэрыщрагъэкIуэкIыным хущIэкъухэрт. Апхуэдэт, псалъэм папщIэ, ХьэтIохъущокъуэ Къэсей езым и уэркъхэмрэ Анзорхэ я уэркъхэмрэ яхуэзэн папщIэ, 1748 гъэм дыгъэгъазэм и 31-м зэхуишэса Хасэр.
Хасэр губгъуэм зэрыщрагъэкIуэкIым и щхьэусыгъуэхэм язт ар цIыхухэм нэхъ япэжыжьэху, ущэхупхъэр яущэхуну Iэмал нэхъ зэраIэр. Абыи къегъэлъагъуэ а зэманым Къэбэрдейм зэгурыIуэшхуэ зэримылъыжар, зы пщыгъуэм адрейм дзыхьышхуэ хуищIу зэрыщымытар. Пщышхуэм, пасэ зэманым ещхьу, унафэ ищIкIэ зэфIэкIыртэкъым, зэбий лъэныкъуэхэр арэзы щIыгъуейт.
ПсэупIэхэм япэIэщIэ щIыпIэ къыхаха нэужь, ар цIыхумрэ шымрэ яшхын-ирафын щагъуэтын хуэдэу къыщIэкIыным хущIэкъухэрт. КIуэ, къуажэ кIуэцIхэм щызэхуэси къахуихуащ. Псалъэм папщIэ, 1748 гъэм щэкIуэгъуэм и 27 - 29 махуэхэм ХьэтIохъущокъуэ Къэсей Джылахъстэнейм ирахун унафэр къыщащтам щыгъуэ, зы гупым хэт пщыгъуищыр Бэчмырзэ Батокъуэ и унэм щызэхуэсауэ щытащ. А Iуэху дыдэр къыщаIэтауэ щытащ Къанбэчыкъуэ къуажэм 1748 гъэм дыгъэгъазэм и 15 - 28 махуэхэм. Ауэ мыбдежым гу лъытапхъэщ, Хасэр къуажэ кIуэцIым щащIа щхьэкIэ, ар Къэбэрдеишхуэм фIыуэ пэIэщIэ Джылахъстэнейм зэрыщекIуэкIар.
ЗэрыжытIащи, Адыгэ Хасэр къудамэ зыбжанэу зэхэтт: пщыхэр, уэркъхэр, мэкъумэшыщIэхэр. Дауэт зы къудамэм къищта унафэр адрейхэм яIэрыхьэу зэрыщытар? ИщхьэкIэ зи цIэ къитIуа Потоцкий Ян зэритхыжымкIэ, Хасэм и къудамэхэр зэлъэIэсын папщIэ, лIыкIуэ щхьэхуэхэр хахыу щытащ, езыхэм я къудамэм и кIуэцI къыщащта унафэр адрейхэм гурагъэIуэныр я къалэну.
Псом хуэмыдэу а хабзэм мыхьэнэ щиIэт зэпэщIэт гупхэм я зэхуакум лъэныкъуитIыр щIызэдауэ, ауэ зэгурымыIуэу щIэмыхъуну Iуэху гуэр къыдэхъуэмэ, сыту жыпIэмэ, я псалъэ зэжьэхэуэмэ, асыхьэтым ужьыхыжа къаугъэ гуэр къэхъеижу, лъыгъажэм щIидзэжынкIи хъунут. Апхуэдэ лъэпкъпсо зэхуэсхэр зэрекIуэкIам теухуа дэфтэр мымащIэ тхыдэм къыхэнащ, абыхэм урыс офицерхэр кIэлъыплъакIуэу зэрыхэтам къыхэкIыу.
1753 гъэм Шэджэм пэгъунэгъуу Бэчмырзэхэ я кхъэм деж щрагъэкIуэкIа зэхуэсым майорхэу Барковский И., Татаров П. сымэ зэрыхэтам топсэлъыхьыж: «Жэпуэгъуэм и 10-м Бахъсэн гупымрэ Къэщкъэтау гупымрэ щыщ пщыхэр уэркъ гупыфI я гъусэу зэхуэсхэри, щхьэж езым и телъхьэхэр и гъусэу, щхьэхуэ-щхьэхуэу зэхэсахэщ».
ЛIыкIуэ зыбжанэ - уэркъитI-щырэ зы бейгуэлрэ - зым адрейм хуигъакIуэурэ, щхьэж езыр зытемыкIынур адрей лъэныкъуэм лъигъэIэсырт. Гу лъытапхъэщ апхуэдэ «хъыбарегъащIэ» къалэныр цIыху къызэрымыкIуэ дыдэхэм фIэкIа дзыхь хуащIу зэрыщымытам. Апхуэдэ цIыхухэр Къэбэрдейм щекIуэкIми абы Iуэху зэрыщызэрахьэ щIыкIэми хэт нэхъри нэхъыфIу зэрыщыгъуазэм къыхэкIыу, хамэ къэрал къикI кIэлъыплъакIуэхэм ахэр зэрыдашэхыным иужь итхэт.
Хасэр щызэхуашэсыр лъэпкъыр щытыкIэ гугъу щихуэхэм дежт икIи абы хэтхэр сыт хуэдэ сыхьэти къраджэнкIи зэрыхъунур гурыIуэгъуэт. Ауэ Iуэху блэкI щымыIэмэ, зэхуэсхэр губгъуэ лэжьыгъэхэм я чэзум, махуэшхуэхэм, щакIуэ кIуэгъуэхэм, мыугъурлыуэ къалъытэ махуэхэм зэрытрамыгъэхуэным иужь итхэт.
Езы Хасэм текIуадэ зэманым и гугъу пщIымэ, ар мыпхуэдэ щIыкIэу игуэшырт:
1)къекIуэлIахэр утыку кърахьа, зытепсэлъыхьын хуей Iуэхум щыгъуазэ ящIыныр;
2)Iуэхум тепсэлъыхьыныр;
3)унафэ къащтэныр;
4)къащта унафэм тетыну тхьэ зэхуаIуэныр.
Зыхуей хуэзауэ ирагъэкIуэкI Хасэр нэхъыбэм махуищ-плIым зэфIэкIырт.
1763 гъэм иужькIэ къэбэрдей пщыгъуэхэр зэкъуэмыувэу щIэмыхъун щхьэусыгъуэхэр наIуэ къызэрыхъуам къыхэкIыу, я зэхущытыкIэми зихъуэжащ. Ар Хасэхэр щызэхуашэс щIыпIэми, зэрырагъэкIуэкI щIыкIэми хыболъагъукI. Хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, зэпэщIэт гупитIым я зэхуакум дагъэува гъунапкъэхэри хабзэ ткIийхэри фIыуэ къэтIэсхъат. 1767 гъэм Шэджэм деж, Бэчмырзэхэ я кхъэм пэгъунэгъуу, щекIуэкIа лъэпкъпсо зэIущIэм, Бахъсэн гупымрэ Къэщкъэтау гупымрэ я зэхуаку биигъэ дэлъу зыщIыпIэ дежи къыщыхэщыжыркъым.
XVIII лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм урыс пащтыхьыгъуэм къэбэрдей цIыхубэр зэкъуигъэхун мурадыр пхигъэкIын щIидзакIэт. Абы лъэIэсын папщIэ, пщыхэмрэ уэркъхэмрэ кIуэ пэтми нэхъ гуащIэу зэрызэфIигъэнэным иужь итт. «Къэбэрдей уэркъхэм, - хуетх фельдмаршал Потёмкин Григорий корпусым и нэхъыщхьэ Теккели Пётр, - пщыхэм зэрахуэмыарэзыр ябзыщIыркъым. Абыхэм хуащI гукъанэхэр апхуэдизкIэ инщи, зыхуейр къыхуамыщIэмэ, дяпэкIэ жаIэр ямыгъэзэщIэну, атэлыкъ хабзэм тету пщыхэм я бын зыпI яхэтмэ, ахэри иратыжыну унафэ къащтащ. Зыгуэр а унафэмкIэ арэзы мыхъумэ, уэркъ псори зэхыхьэу апхуэдэм и лъапсэр зэтракъутэну зэгурыIуахэщ».
Апхуэдэ унафэ къащтэн папщIэ, япэрауэ, зэры-Къэбэрдейуэ зэхуэмысу хъунутэкъым. ЕтIуанэрауэ, зи лъапсэм псы ирагъэжыхьыжынур пщыхэратэкъым, уэркъ Хасэм и унафэм арэзы темыхъуэ уэркъхэрт. Абы къигъэлъагъуэр зыщ: уэркъхэм нэхъыбэ дыдэу пщыхэм иращIэфынур - емыдэIуэнырт, армыхъумэ, Iэщэ яIэщIэлъу абыхэм япэувыныр Iэмал зимыIэт. Хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, а зэманым иджыри пщым и пщIэр кIуэдатэкъым, абы зэраныгъэ епщIылIэнри ягъэдурысыртэкъым.
Теккели и нэгъуэщI тхыгъэм къыхощ пщыхэмрэ уэркъхэмрэ зэрызэхуэсар икIи зы лъэныкъуэр адрейм иджыри зэрыхуэмыарэзыр. Дэ гу зылъывэдгъэтэну дызыхуейр абдежым щызэрахьэ унафэхэр утыку къыщипхьэфыну щытар Къэбэрдейпсо Хасэрауэ зэрыщытырщ. ЗэфIэна лъэныкъуитI зэгъэкIужын къалэныр и пщэ дэзылъхьэжу щытари апхуэдэ хасэшхуэхэрщ.
(КъыкIэлъыкIуэнущ).
Нарт Хасэм Сосрыкъуэ и къарур щегъэлъагъуэ.
Адыгэ Хасэм уэрэдыжьхэри щызэхэпхырт.
ЧЭРИМ Марианнэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1973.txt"
} |
Iустаз Iущ
ЕУЭРИ зы Iустаз Iущ псэурт. Бын иIэтэкъым, и щхьэгъусэр дунейм ехыжати, и закъуэ дыдэу гъащIэр ирихьэкIырт. «Сыт сэ сызыхуэныкъуэжыр? Си мылъку тIэкIур псапэу сабийхэм ятезгъэкIуэдэнщ», - жиIэри и унэм цIыкIухэр щIигъэтIысхьауэ иригъаджэрт, игъашхэрт, ихуапэрт.
Зэгуэрым, Iустазыр жейуэ, унэм дыгъуищ екIуалIэри, ахъшэу иIэр къаритыну бысымым паубыдащ.
- Хъунщ, къафщтэ псори! Си гугъу къэвмыщI закъуэ, - жиIэри ахъшэр здэщылъыр яригъэлъэгъуащ. Къагъуэтауэ хъуар къащтауэ дыгъухэр щыщIэкIыжым, Iустазым абыхэм захуигъэзащ:
- ФымыпIащIэмэ, кхъыIэ, тIэкIу федзакъэ, фымэжалIэ къыщIэкIынщ!
- Уэ лIыжьыр щхъухь зэрыдбгъэшхын Iэмал улъыхъуэу аращ! - зэрыгъэкIиящ дыгъухэр.
- ЖысIэр фи фIэщ мыхъумэ, фэ езыхэр фыпщафIи фышхэ. Мис лы, прунж.
Дыгъухэр, пцIы хэмылъу, мэжалIэрти, арэзы хъуахэщ.
- Тшхыныр хьэзыр хъуху таурыхъ къыджеIэ, - къэгушхуащ щIэпхъаджащIэхэр, бысымым тIэкIу еубзэжмэ яфIэфIу.
Арати, Iустазым щIедзэ:
- Еуэри зылI псэурт, пхъэгъэсын мэзым къришурэ, абы къыщIэкIымкIэ и унагъуэр зыхуей хуигъазэу. Махуэ къэс абы зы пхъэ IэплIэ и плIэм телъу бэзэрым ихьырти, къылъысымкIэ арэзыуэ и гъащIэ тIэкIур ирихьэкIырт.
Зэгуэрым ар мэлыхъуэ гуэрым IущIащ.
- Уи хъушэр убагъуэ, щIалэ!
- Упсэу, къуэш!
- Мы мэлхэр ууей?
- Сысейщ, - жи щIалэм. - Си адэм Iэщ и куэдщ, дэ дыкъулейщ!
- Пэжщ, - жиIащ лIым, - Iэщ фи куэдщ. Уэ сытым ухуэIэзэ езыр?
- Мэл схуогъэхъу.
- Мэл гъэхъунри хъерщ, ауэ къызэдаIуи, зыгуэр пщIэфу зегъасэ, IэщIагъэ зэгъэгъуэт.
Зэман докIри, а тIур зэхуозэж.
- ЛIо, зебгъэса зыгуэрым?
- Хьэуэ, - жиIащ щIалэм. - Сыт сэ сыщIеджэнур? Сэ сыкъулейщ. Еплъ мы си хъушэм и куэдагъым.
- Iэщым ущымыгугъыу, IэщIагъэ зэгъэгъуэт, щIалэ, ущIегъуэжынщ, - ар иущийуэ щIидзэжащ лIым.
- Ухэт уэ, сэ сыбгъэсэжыну? - къыхуэгубжьащ абы мэлыхъуэр.
- УзэрегуакIуэщ, ауэ зэгуэр уигу сыкъэкIыжынщ, - жиIэри лIыр ежьэжащ.
Зэман докI. Зэгуэрым лIыр къуажэкIэм деж щыт унэ фэншэ гуэрым блэкIырт. Унэм сабий гъы макъ къыщIэIукIырт, щIыхьэпIэми фейцейуэ хуэпауэ лIы къуэгъу гуэр къытеуващ. ЛIыр абы еплъри, мэлыхъуэ щIалэр къицIыхужащ.
- Мыр сыт, щIалэ, къыпщыщIар, сыту уфагъуэ? - йоупщI лIыр мэлыхъуэм.
- УщIэмыупщIэ! ЖыпIар махуэ къэс сигу къокIыж.
- ЛIо къэхъуар?
- Си мэлхэм уз къахыхьэри, къулейсыз сыхъуащ. IэщIагъэ гуэрым зегъасэ къызжепIэ пэтрэ, сынодэIуакъым, иджы си бынхэр шхын щхьэкIэ зэтолIэри магъ, - жиIэри мэлыхъуэм езым и нэпсхэри щIилъэщIыкIащ.
- Умынэщхъей, - жриIащ абы лIым. - Нэхъыжьхэм ауэ жаIэркъым: фIыуэ уелIалIэмэ, уэсми мафIэ пхуедзынущ. КIапсэ къащти, си гъусэу пхъашэ накIуэ.
Мэлыхъуэр гуфIэжу арэзы хъущ, кIапсэшхуэ къищтэри, тIури зэгъусэу мэзым кIуащ. ЛIым тIуми яхурикъун пхъэ пиупщIщ, зэкIуэцIипхэжри, ар бэзэрым яхьащ. Пхъэ ящам къыщIэкIа ахъшэмкIэ нартыху лэкъум къащэхуащ. ЛIым лэкъумхэр Iыхьищу игуэшри, езым зы Iыхьэр къищтащ, мэлыхъуэм IыхьитIыр иритащ.
- ИIэ, пщэдеи мэзым пхъашэ дыгъакIуэ, - къелъэIуащ абы мэлыхъуэр.
ЛIыр арэзы хъуащ. ЕтIуанэ махуэм уэшх къешхат, ауэ и псалъэм емыпцIыжу, лIым кIапсэрэ джыдэрэ къищтэри ар мэлыхъуэм и деж къэкIуащ. Мор къыпэплъэу щыст.
- Уи фIыгъэкIэ си сабийхэр дыгъуасэ я ныбэ изу гъуэлъыжахэщ, - фIыщIэ къыхуищIащ абы лIым.
Арати, зэныбжьэгъухэр аргуэру мэзым макIуэ. Гъуэгу тет пэтрэ уэшхым хиубыдэхэри, бгъуэнщIагъ гуэрым зыщагъэпщкIун хуей хъуащ. ЛIыр бгъуэнщIагъ блыным джыдэкIэ зэрымыщIэкIэ жьэхэуэри, «дзыргъ» гуэр къэIуащ. Мывэ къэтIэсхъар блыным къыхихрэ еплъмэ - дыщэ къыхоцIуукI.
- Уей, къуэш, дыщэ къэзгъуэтам! - кIиящ лIыр.
Мэлыхъуэр къыбгъэдыхьэри, тIури зэгъусэу блыным еуэурэ дыщэр къыхахын щIадзащ.
ЛIым дыщэр Iыхьищу игуэшащ.
- ТIур уэ къащтэ, уэ сабий уи куэдщ, - жриIащ абы мэлыхъуэм. - Сэ зы Iыхьэми срикъунущ.
Мэлыхъуэм фIыщIэ зэрищIыну псалъэ хурикъуртэкъым, апхуэдизкIэ гуфIати. Абы и дыщэ Iыхьэр псынщIэу къэпым иригъэзэгъащ. ЛIыми и дыщэ Iыхьэр къищтэжри къежьэжахэщ. Ауэрэ, гъуэгу здытетым, зэныбжьэгъухэр загъэпсэхуну мэтIыс. Абдежым мэлыхъуэм и гум нэпсеягъэ къихьащ. Ар нэхъри нэхъ къулеиж хъуну хуейт.
«Мыр сыукIрэ и дыщэр къасщтэмэ, япэм сызэрыщытам хуэдэу къулей сыхъужынущ», - игу къэкIащ абы. Джыдэр къищтэри къыщылъэтащ.
ЛIым къыгурыIуащ абы игу илъыр.
- Зэ умыпIащIэ, сумыукI, уэсят сщIыжыну сыхуейщ, - жиIащ абы. - Сэ сабий сиIэкъым, ауэ си фызыр уэндэгъущ. Къуэ къысхуалъхумэ, КъыздэIэпыкъу фIэщ.
Мэлыхъуэм лIыр иукIщ, и дыщэр къищтэри, бей хъуащ.
ИукIам и фызыр лъхуауэ щызэхихым, мэлыхъуэм сабийм и адэм и уэсятыр зэуэ игу къэкIыжри, ар игъэзащIэмэ и гуэныхьыр къыхуэгъуну къыфIэщIа - сытми, фызабэм деж кIуэри, и лIыр ицIыхуу зэрыщытари, къуэ къыхуалъхумэ КъыздэIэпыкъу фIищыну зэрыхуеяри хуигъэхъыбаращ, цIыхубзми и гуапэу игъэзэщIащ дунейм ехыжам и уэсятыр. Ауэ, зэрыкъулейсызыр илъагъу пэтми, мэлыхъуэр цIыхубзым зы щайкIи пэIэбакъым. Езы тхьэмыщкIэр и лIыр къызэрыщхьэщымытыжрэ къазыхъуэу увауэ лажьэрт.
Зэгуэрым хъаныр къуажэмкIэ кIуэцIрыкIырт, и дзэр и гъусэу. Фызабэм и сабийм шыхэр къытеувэнкIэ гузавэри: «КъыздэIэпыкъу! КъыздэIэпыкъу!» - жиIэри еджащ.
Iустазым мы псалъэхэр хэкъузауэ щыжиIэм, адрей пэшым щыжей и гъэсэнхэр къэушри, псори жэрыжэкIэ абы и деж къэжахэщ.
- ЗэкIуэцIыфпхэ мыхэр! - унафэ ищIащ Iустазым.
- Мис аращ, - захуигъэзащ абы дыгъухэм, - нэм куэд илъагъуми, гур нэхъ жыжьэ маплъэ.
Дыгъухэм абдеж къагурыIуащ Iустазыр къазэребзэджэкIар. ХэкIыпIэ къащыхуэмынэм, къэлъэIуащ:
- Дауэ-тIэ Iуэхур зэриухар?
- Зэриухаращ, - пищащ Iустазым таурыхъым. - Фызабэм «КъыздэIэпыкъу» жиIэу хъаным зэрызэхихыу, шым къепсыхри къыбгъэдыхьащ.
- Сыт ухуэныкъуэ, ди шыпхъу? - жиIэри.
- Тхьэр арэзы къыпхухъу, зиусхьэн, - итащ цIыхубзым Iэнкуну жэуап. - КъыздэIэпыкъур си къуэм и цIэу аращ. Шы лъэгум щIэхуэмэ жысIэри, сыгузавэу седжауэ аращ.
- И адэр дэнэ щыIэ? - щIэупщIащ хъаныр.
- Мэзым пхъашэ кIуэри къэкIуэжакъым.
- Хэт-тIэ щIалэ цIыкIум цIэ фIэзыщар?
- И адэм и ныбжьэгъум.
Хъаным «ныбжьэгъур» къраджэну унафэ ищIащ. Абы фIэкIа хэмылъу, зауэлIхэр мажэри мэлыхъуэр къагъэс.
- Уэра щIалэм КъыздэIэпыкъу фIэзыщар?
- Сэращ, - жеIэ мобы.
- Дэнэ а цIэр къыздикIар, пэжыр жыIэт! - пхъашэу щIоупщIэ хъаныр.
- Ар и адэм и уэсятт.
Абдежым хъан Iущым гурыщхъуэ ищIащ Iуэхум щIэхъума гуэр зэрыхэлъыр. ЩIэупщIэм игъэшынэурэ, абы мэлыхъуэр хуэм-хуэмурэ къиумысащ. Лей зезыхьар наIуэ хъуа нэужь, хъаным мэлыхъуэр иригъэукIри, и мылъкур зэанэзэкъуэм кърыригъэтащ. Езыри гъуэгу теувэжащ.
- Мис аращ, - иухащ и хъыбарыр Iустазым, - фымынэпсей, фымыфыгъуэ. ИкIи зыщывмыгъэгъупщэ: хьэрэмым шэсар гува-щIэхами къепсыхынущ, зэгуэр къыщIэмыщыжын щэхуи щыIэкъым.
ФатIимэ
ФАТIИМЭ цIыкIу и анэр пасэу дунейм ехыжат. Куэд дэмыкIыу, абы и адэм нэгъуэщI фыз къишэжащ пхъу щIэсу. ФатIимэ цIыкIу и гъащIэр кIыфI къэхъуащ. АнэнэпIэсым езым и пхъур игъэщIэращIэрт, бостей лъапIэхэр къыхуищэхурт, ерыскъым я нэхъ IэфIыр лъигъэсырт. ФатIимэ цIыкIу жэщи махуи игъэлажьэрт, Iэнэм къытрана кIэрыху-бжьэрыху фIэкIа иригъэшхыртэкъым, зэрихуапэри жьыфэ къытезыгъауэ щыгъын тIорысэ защIэт.
Унэ Iуэхухэр зэрыщыту хъыджэбз цIыкIум и пщэ дэлът: анэнэпIэсым ар нэху мыщу къигъэушырти, псыежэхым нэс псыхьэ игъакIуэрт. ИтIанэ хьэкум мафIэ ирищIэн, пщIантIэр къипхъэнкIын, жэм къишын хуейт. Унэ Iуэхухэр зэфIэкIа нэужь, хъыджэбз цIыкIум я жэмыр дихуу, махуэ псом игъэхъуэкIуэн хуейт. ХъупIэм щыIэху, джэгуурэ зэман имыгъэкIуэдын щхьэкIэ, цы иджыну и къалэнт.
Зэгуэрым ФатIимэ жэм игъэхъуу, цы иджу губгъуэм ист. Дыгъэр хуабэт, цыкIуэкIри нэжэгужэу кIэрахъуэрт. Асыхьэтым жьы къыкъуэущ, цы хъурейр къипхъуатэри бгымкIэ ирихьэжьащ. Сытыт ФатIимэ ищIэжынур? И цы топым и ужь иту щIэпхъуащ. Жэм-жэурэ, ар иныжь цIыхубз зыщIэс бгъуэнщIагъым и пащхьэм къыщыхутащ. Фызыжьыр ФатIимэ къоплъри жеIэ:
- КхъыIэ, си хъыджэбз цIыкIу, бгъуэнщIагъ лъэгум илъ дыжьыныр къысхуэщыпыж.
ФатIимэ псынщIэу дыжьыныр къищыпыжри, Иныжь Нанэм иритащ.
- Иджы уи бгырыпх цIыкIур зыщIэхи, уи жыпхэм илъым сегъэплъыт.
Ари ищIащ ФатIимэ. Иныжь Нанэм илъэгъуащ хъыджэбз цIыкIум зы дыжьын дзакIэ къызэримыщтар.
- Иджы сэ сыжеину согъуэлъри, къызбгъэдэс. БгъуэнщIагъым псы хужь кърижэу хуежьэмэ, сыкъэгъэуш.
Иныжь Нанэр Iуриха къудейуэ, бгъуэнщIагъым шэм хуэдэу хужьу псы кърижэн щIидзащ. Хъыджэбз цIыкIум Нанэр къигъэушащ. Иныжь Нанэр къэушщ, ФатIимэ и напэр хуитхьэщIри, гъуджэм бгъэдишащ. ФатIимэ гъуджэм йоплъэри, зыкъыхуэцIыхужыркъым: и зы нэкIущхьэр дыгъэм хуэдэу мэлыд, адрейр мазэм хуэдэу мэпщIыпщI. Езыми данэ бостей зыкъизых къыщоцIуукI.
- Тхьэр арэзы къыпхухъу, - гуапэу Нанэм фIыщIэ хуищIщ ФатIими, и жэмым деж кIуэжащ.
Дыгъэр къухьа нэужь, ФатIимэ и жэмыр ихужри кIуэжащ. Хъыджэбз цIыкIур къуажэм ирокIуэри, пщащэ тхьэIухудыр ФатIимэ зеиншэ цIыкIурауэ зыми игу къэкIыркъым. АнэнэпIэс бзаджэм и мылъхупхъур къызэрилъагъуу, фыгъуэм къигъэлыбащ.
- КъызжеIэт, си хъыджэбз цIыкIу, дэнэ мы бостей дахэр къыздипхар? Сыт апхуэдизу укъэдмыцIыхужу дахэ ущIэхъуар?
ФатIимэ къэхъуа псори жиIэжащ: жьым цы топыр зэрырихьэжьари, бгъуэнщIагъым зэрынэсари, Иныжь Нанэм зэрыIу-щIари, абы дыжьыныр къызэрыхуищыпыжари, псы хужьми гъуджэми я хъыбарыр хэтыжу.
АнэнэпIэсри хуейт и пхъур хъыджэбз дахэ хъуну. Арати, етIуанэ пщэдджыжьым ФатIимэ зигъэпсэхуну къегъанэри, езым и хъыджэбзым жэмыр дрырегъэху. Абы жэмыр ФатIимэ и хъупIэм нигъэсри, цы иджыну тIысащ, и анэм зэригъэIущам хуэдэ дыдэу. Арати, жьыр къыкъуоу, цы топыр ирехьажьэ. АнэнэпIэсым ипхъури, жьыр къыщIэрыIэурэ, цы топым кIэлъожэ. Жэм-жэурэ, Иныжь Нанэр зыщIэс бгъуэнщIагъым нос. Иныжь Нанэр хъыджэбз цIыкIум къызэрыIуплъэу къолъэIу:
- КхъыIэ, си хъыджэбз цIыкIу, мы бгъуэнщIагъ лъэгум ипхъа дыжьыныр къысхуэщыпыж.
АнэнэпIэсым и пхъум псори къищыпыжащ, ауэ дыжьын нэхъ кIанэшхуэу хэлъхэр езым и жыпым ирилъхьащ.
- Иджы уи бгырыпхыр зыщIэхи уи жып цIыкIухэм сигъаплъэт, - жиIащ Иныжь Нанэм. И бгырыпхыр зыщIихрэ и жыпхэр къиунэщIмэ, дыжьын кIанэшхуэхэр къоху.
Иныжь Нанэр къэгубжьащ, ауэ зыкъримыгъащIэу хъыджэбз цIыкIум зригъэщIэжыну мурад ищIащ.
- Иджы сэ сыгъуэлъынущи, уэ къызбгъэдэс. БгъуэнщIагъым псы фIыцIэ кърижэн щIидзэмэ, занщIэу сыкъэгъэуш.
Иныжь Нанэр зэрыIурихыу, бгъуэнщIагъым псы фIыцIэ кърижэн щIидзащ. АнэнэпIэсым и пхъум Нанэр къигъэушащ. Фызыжьыр къэтэджри, хъыджэбз цIыкIум и нэкIур псы фIыцIэмкIэ хуитхьэщIащ. ИтIанэ гъуджэм бгъэдишащ. АнэнэпIэсым и пхъур гъуджэм зэриплъэу кIиящ: и зы нэкIу лъэныкъуэр хьэм ейм ещхьт, адрейр номиным ейм хуэдэт. Ар жэрыжэкIэ къыщIэжщ, баш къищтэри, и къару къызэрихькIэ жэмым еуэн щIидзащ, и губампIэр зи бзэ мыпсалъэ тхьэмыщкIэм трикъутэу. Дыгъэр къухьэу пшапэр зэхэуэн щIидза нэужь, жэмыр унэм ихужащ.
ИрокIуэ анэнэпIэсым и пхъур къуажэм. КIыфI хъуами, цIыхухэр абы къызэрыIуплъэу, щтэурэ зыIуадзырт. Сыт ищIэжынт анэнэпIэсым и пхъум - и анэм деж жащ. АнэнэпIэсыр абы зэрыIуплъэу, къыгурыIуащ и пхъур Иныжь Нанэм и гум зэрыдэмыхьэфари, зригъэцIыхужын щхьэкIэ игу къызэрытригъэзэгъари. Аргуэрым и губжьыр зытрикъутэн хуейти, Iуэхур къызыдежьа ФатIимэ цIыкIу зридзри, ебгыурэ иубэрэжьын щIидзащ. Абдежым ФатIимэ цIыкIу и адэр кърохьэлIэж. И пхъум лей къызэрытехьэр и нэкIэ щилъагъум, куэдрэ мычэнджащэу, абы цIыхубз ябгэри абы ипхъу сэхъуари пщIантIэм дихужри, и хъыджэбз цIыкIум и гъусэу мамыррэ гупсэхуу псэун щIидзэжащ.
ФатIимэ цIыкIу.
Сурэтхэр СЭВКIУИЙ Хьэмид ищIащ.
Дыщэ бзу.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1974.txt"
} |
Атлетикэ псынщIэ
Дыжьын медалхэр зыIэрагъэхьэ
Сочэ къалэ щекIуэкIащ атлетикэ псынщIэмкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэхэр. «Кубок Федераций» зэпеуэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ, лъагэу дэлъеинымкIэ спортсмен Акименкэ Михаилрэ диск зыгъэлъатэ Добренький Александррэ.
Акименкэ къызэринэкIащ метри 2-рэ сантиметр 26-рэ лъагагъыр, ауэ бгъэдыхьэкIэ бжыгъэхэмкIэ абы къытекIуащ а лъагагъ дыдэм щхьэпрылъа, Хабаровск крайм щыщ Цыплаков Даниил икIи ди спортсменым дыжьын медалыр къыхуагъэфэщащ.
Диск гъэлъэтэнымкIэ зэпеуэми етIуанэ щыхъуащ Добренький Александр. Метр 59-рэ сантиметр 93-кIэ абы игъэлъэта дискым сантиметр 64-кIэ къефIэкIащ Нижегородскэ областым къикIа Худяков Алексей.
Дзюдо
Хьэрхуэрэгъухэм йофIэкI
Каспийск къалэм мы махуэхэм щекIуэкIащ дзюдомкIэ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ зи ныбжьыр илъэс 23-м фIэмыкIа спортсмен 300-м нэблагъэ. Урысейпсо зэпеуэм кIуэнухэр къыщыхах зэхьэзэхуэм ди щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ медаль зэмылIэужьыгъуиплI къыщахьащ.
Зи хьэлъагъыр килограмм 66-м нэблагъэ Къуэдз Къантемыр зэIущIих иригъэкIуэкIам и хьэрхуэрэгъухэм щытекIуэри, дыщэ медалыр зыIэригъэхьащ. Мырзэбэч Ильяс (кг 81-рэ) финал зэпэщIэтыныгъэм къыщыхигъэщIащ хэгъэрейхэм ящыщ Сулейманов Ибрэхьим-хьэжы икIи етIуанэ хъуащ. Иджыри зы дыжьын медаль къихьащ килограмм 78-м нэблагъэхэм я гупым щыбэна Кабуловэ Миланэ. Ещанэ увыпIэр къылъысащ Шормэн Элеонорэ (кг 48-рэ).
Зэхьэзэхуэм щытекIуахэмрэ къыщыхэжаныкIахэмрэ ягъасэ Иванов Дмитрий, Апхудэ Анзор, Джэданэ Залым, Бэрэздж Светланэ сымэ.
БэнэкIэ хуит
Пашэхэр кърагъэблэгъэж
Накъыгъэм и кIэм Софие къалэм (Болгарие) щекIуэкIащ бэнэкIэ хуитымкIэ ныбжьыщIэхэм я европэпсо зэхьэзэхуэ. Зи ныбжьыр илъэс 16 иримыкъуахэм я зэпэщIэтыныгъэм Урысейм и командэ къыхэхам къыщихьащ медаль зэмылIэужьыгъуэ 12. Абыхэм ящыщу 8-р дыщэщ.
Къэралым и ехъулIэныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуащIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменхэми. Щыбэна гупхэм дыщэ медалхэр къыщахьащ Къэжэр Ислъам (кг 57-рэ), Гергоков Саид (кг 52-рэ), Хасауов Смаил (кг 62-рэ).
Мэкъуэгъуэм и 1-м пашэныгъэр къэзыхьа ди щIалэщIэхэр къыщрагъэблэгъэжащ Налшык аэропортым. Спортсменхэм папщIэ къызэрагъэпэщат къафэхэр, джэгухэр, республикэм и артист цIэрыIуэхэм уэрэд жаIащ.
ЩIалэщIэхэм хъуэхъу псалъэхэмкIэ захуигъэзащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ, олимп чемпион Къардэн Мурат.
- Сынывохъэхъу дэтхэнэ зыми фи ехъулIэныгъэмкIэ. Фэ фи вагъуэр къыщыблэр нэхъ лъагэжущ, абы фынэмысу хъунукъым, - къыхэщащ Къардэным и псалъэхэм.
- Илъэс куэд щIауэ зыдогъэхьэзыр. Мыпхуэдэ лъагапIэхэм спортым ущынэсын папщIэ псэемыблэжу зыгъэхьэзырыпхъэщ, - жиIащ Къэжэр Ислъам и тренер Нэхущ Руслан.
Зэман кIэщIкIэ загъэпсэхунурэ, спортсменхэм къыкIэлъыкIуэ зэпеуэхэм зыхуагъэхьэзырын щIадзэжынущ.
Тхэквондо
Рязань къыщыхожаныкI
Рязань къалэм щызэхэтащ «Кубок Рязанского Кремля» олимп тхэковондомкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэхэр. Абы кърихьэлIащ къэралым и щIыналъэ 53-м къикIа спортсмен 1480-рэ. Мыпхуэдэ зэпеуэхэр 2007-2009 гъэхэм къалъхуа ныбжьыщIэхэр Урысеймрэ Европэмрэ я зэхьэзэхуэхэм щыхуагъэхьэзыр зэхыхьэщ.
ЗэпэщIэтыныгъэм ирихьэлIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ къыхэхари. Псори зэхэту абыхэм медаль зэмылIэужьыгъуэу 13 зэхьэзэхуэм щызыIэрагъэхьащ.
Зыхэта гупхэм дыщэ медалхэр къыщахьащ Тхьэмокъуэ Элинэ, Щоджэн Басир, Созаев Артур, Iусен Дамир, Бицу Къантемыр, Багъ Идар, Монастырский Владислав сымэ. Ещанэ хъуащ ПщыхьэщIэ Эстеллэ, Гъубжокъуэ Астемыр, КIэблахъуэ Рузанэ, Жылау Андемыркъан, Бейтыгъуэн Тимур, Ахъмэт Нурмухьэмэд.
АдэкIэ ди спортсменхэм зыхуагъэхьэзыр мэкъуауэгъуэм и 9-15-хэм Белгород щекIуэкIыну урысейпсо зэхьэзэхуэм.
БэнэкIэ хуит
ЕхъулIэныгъэм и хэлъхьэныгъэ
Зи ныбжьыр илъэс 23-рэ иримыкъуахэм спорт бэнэкIэмкIэ я европэпсо зэхьэзэхуэ Македонием и Скопье къалэм щекIуэкIащ. БэнэкIэ хуитымкIэ Урысейм и командэ къыхэхам абы хъарзынэу зыкъыщигъэлъэгъуащ. Псори зэхэту ди къэралым и бэнакIуэхэм зыIэрагъэхьащ дыщэ медалу 4, дыжьыну 3, домбеякъыу 2.
Урысейм и гуп нэхъыщхьэм и медаль бжыгъэм хэлъхьэныгъэ хуащIащ ещанэ увыпIэхэр къэзыхьа Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ спортсменитIым.
Зи хьэлъагъыр килограмм 92-м нэблагъэхэм щыбэна ЗэкIуу Азэмэтрэ килограмм 70 зи хьэлъагъ Шэру Иналбэчрэ пщIэшхуэ зиIэ зэхьэзэхуэм домбеякъ медалхэр щызыIэрагъэхьащ.
Спортсменхэр ягъасэ ЗэкIуу Арсен, Грек Игнат, Маргиев Анатолий сымэ.
Дзюдо
ГъукIапщэ Самир и текIуэныгъэ
Мэзкуу къалэ щекIуэкIащ полицэмрэ дзэмрэ дзюдомкIэ я XV дунейпсо зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ КъБР-м щыщ спортсменхэри.
Зи хьэлъагъыр килограмм 90-м нэблагъэхэм я зэпэщIэтыныгъэм Урысейм и командэ къыхэхам я щIыхьыр щихъумащ УФ-м и УМВД-м и ОВД-м Налшык щиIэ и къудамэм и лэжьакIуэ, полицэм и сержант нэхъыжь, дунейпсо класс зиIэ спортым и мастер ГъукIапщэ Самир. Ар и зэIущIэхэм псоми щытекIуащ.
«Иджырей зэхьэзэхуэхэм ерыщу зыхуэдгъэхьэзыращ, икIи къыдэхъулIащ. Ди гупыр зэпеуэхэм хуэхьэзыру, зэкъуэту къыщIэкIащ икIи бэнэкIэ дахэ къагъэлъэгъуащ», - къыхигъэщащ командэ къыхэхам и тренер, «Динамо» урысейпсо зэгухьэныгъэм КъБР-м щиIэ и къудамэм и унафэщI, Урысейм щIыхь зиIэ и тренер, полицэм и подполковник Джэданэ Залым.
Зи къулыкъур зыгъэзащIэу хэкIуэда хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм хуащIа фэеплъ зэхьэзэхуэм хэтащ Урысейм и МВД-м, МЧС-м, ФСИН-м, Росгвардием, ЗыхъумэжыныгъэмкIэ министерствэм, Белоруссием, Таджикистаным, Къыргъызстаным, Азербайджаным, Узбекистаным, Армением IэщэкIэ зэщIэузэда къарухэм я лэжьакIуэхэр.
ЗэпэщIэтыныгъэ гуащIэхэм я финал зэIущIэм Урысейм и МВД-м щытекIуащ Азербайджаным щыщ я лэжьэгъухэм. Беларусь Республикэм и командэр ещанэщ.
Жыласэ Замир.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1975.txt"
} |
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ УФ-м и Правительствэм и УнафэщI Мишустин Михаил Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым социально-экономикэ и лъэныкъуэкIэ зегъэужьыным теухуауэ иригъэкIуэкIа зэIущIэм
УФ-м и Правительствэм и УнафэщI Мишустин Михаил Пятигорск щригъэкIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм социально-экономикэ и лъэныкъуэкIэ зегъэужьыным хуэгъэпсауэ щыIэ Правительственнэ комиссэм и зэIущIэр.
Зи гугъу ящI Iуэхухэм ятеухуауэ зэIущIэм къыщыпсэлъащ УФ-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Мурашкэ Михаил, УФ-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Решетников Максим, УФ-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Патрушев Дмитрий, УФ-м и Президентым и лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэ Чайкэ Юрий, туризмэмкIэ къэрал агентствэм и унафэщI Догузовэ Заринэ.
ЩIыналъэхэм щыIэ щытыкIэхэм ятеухуауэ абы къыщыпсэлъащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ Дагъыстэн Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Меликов Сергейрэ.
КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1976.txt"
} |
Дунейм щыхъыбархэр
Мэкъуауэгъуэм и 16, бэрэжьей
♦Африкэ Ипщэм щыщ лъэпкъхэу зи щхьэхуитыныгъэм щIэбэнхэр дэIыгъыным и дунейпсо махуэщ
♦Африкэм щыщ сабийм и дунейпсо махуэщ
♦ЮАР-м щагъэлъапIэ ЩIалэгъуалэм я махуэр
♦Адэм и махуэр щагъэлъапIэ дунейм и къэрал куэдым
♦1822 гъэм Санкт-Петербург къыщызэIуахащ циркым папщIэ яухуа япэ унэр.
♦1894 гъэм Пьер де Кубертен и жэрдэмкIэ зэхуашэсащ Олимп джэгухэр къэублэжыным унафэ тещIыхьыным теухуа конгресс.
♦1903 гъэм Форд Генри США-м къыщызэригъэпэщащ «Форд Мотор» автомобиль компаниер.
♦1921 гъэм Аджарие АССР-р къызэрагъэпэщащ.
♦1925 гъэм тенджыз ФIыцIэ Iуфэм, Гурзуф щIыпIэм деж, къыщызэIуахащ «Артек» сабий лагерыр. ИужькIэ ар хъуащ Совет Союзым и пионерхэм я зыгъэпсэхупIэ нэхъыщхьэ.
♦1959 гъэм, зэрагъэпэщыжри, Москва къыщызэIуахыжащ СССР-м и ВДНХ-р - цIыхубэ хозяйствэм и ехъулIэныгъэхэр щагъэлъагъуэ унэр.
♦1963 гъэм дунейм щыяпэу цIыхубз хьэршым лъэтащ. Ар совет космонавт Терешковэ Валентинэт - «Восток-6» кхъухьым ису хьэршым кIуат.
♦1992 гъэм Урысейр Дунейпсо банкым хыхьащ.
♦1995 гъэм Дунейпсо олимп комитетым къыхихащ 2002 гъэм щIымахуэ Олимп джэгухэр щрагъэкIуэкIыну щIыпIэр. Апхуэдэ пщIэр лъагъэсауэ щытащ США-м и Солт-Лейк-Сити къалэм.
♦1996 гъэм Урысейм президент хэхыныгъэхэр щекIуэкIащ, ауэ а махуэм зэхэкIатэкъым а къулыкъур нэхъ зыхуэфащэр. Бадзэуэгъуэм и 3-м екIуэкIа етIуанэ Iыхьэм щызэпэщIэтащ Ельцин Борисрэ Зюганов Геннадийрэ. Iэ зыIэта псоми я процент 50-м щIигъум я дзыхь ирагъэзри, Урысейм и Президенту хахат Ельцин Борис.
♦1894 гъэм къалъхуащ совет дзэ къулыкъущIэ, Совет Союзым и Маршал, Совет Союзым и ЛIыхъужь, Югославиемрэ Болгариемрэ я ЛIыхъужь, «ТекIуэныгъэ» орденыр зрата Толбухин Фёдор.
♦1931 гъэм къалъхуащ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Хьэжмэт Хьэсэн.
♦1940 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъМУ-м и профессор Къумахуэ Владимир.
♦1952 гъэм къалъхуащ совет фигурист цIэрыIуэ, Олимп Джэгухэм тIэунейрэ я чемпион хъуа Зайцев Александр.
♦1955 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, УФ-м и Президентым и Администрацэм и УнафэщIу, Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэу, финансхэмкIэ министру щыта, нэгъуэщI къулыкъухэми пэрыта, 2011 гъэм къыщыщIэдзауэ «Роснано» ОАО-м и унафэщI Чубайс Анатолий.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 26 - 28-рэ, жэщым градус 18 - 20 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Блэгъу зылъысми ешх, блыпкъ зылъысми ешх.
Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1977.txt"
} |
МВД-м къет «Iущхьэ-2021»
Апхуэдэ фIэщыгъэр зиIэ профилактикэ Iуэхур Къэбэрдей-Балъкъэрым щызэхаублащ. КъБР-м щыIэ МВД-м къызэритымкIэ, ар 2021 гъэм и накъыгъэ - жэпуэгъуэ мазэхэм Iыхьитхуу гуэшауэ республикэм щрагъэкIуэкIынущ.
Езыр-езыру къэкI наркотикхэкIхэр хабзэм къемызэгъыу ирагъэкIыныр къызэпыудынырщ, апхуэдэ хабзэншагъэхэр къыщIэгъэщынырщ, афиян зыхэлъ къэкIыгъэхэр хабзэм ебакъуэу хасамэ, апхуэдэхэр къыщыкIхэр къэхутауэ гъэкIуэдынырщ мураду зыхуагъэувыжыр. Лэжьыгъэр хабзэхъумэ IэнатIэхэм, район, къуажэ администрацэхэм я лIыкIуэхэм зэщIыгъуу ирагъэкIуэкI.
ЩIэпыр, Iущхьэр, акъылыр зыгъэутхъуэ Iэгъэбэгухэр къыщокI цIыхухэм я хадэхэми, мэкъумэш щIапIэхэми, зыми зэримыхьэ щIы кIапэхэми. АтIэ, Урысей Федерацэм и Правительствэм зэригъэувамкIэ, наркотик зыхэлъ къэкIыгъэхэр ираупщIыкIыныр я къалэнщ ахэр къыщыкI щIыр зейхэми щIы кIапэр къэзыгъэсэбэпхэми. Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэм я лэжьакIуэхэр, щIыпIэ администрацэхэм я лIыкIуэхэр зыхэт комиссэм а Iуэхум кIэлъыплъыну и къалэнщ.
Наркотик зыхэлъхэр къыщыкI щIыпIэхэм гербицидхэр къыщагъэсэбэпмэ, абы зыкъом игъэкIуэдынущ. Iэмал имыIэу къыхэгъэщыпхъэщ къэкIыгъэ багъуэхэр ихын зэрыхуейр жылэр къыдимыдз, мыгъагъэ щIыкIэ - накъыгъэ, мэкъуауэгъуэ, бадзэуэгъуэ мазэхэм къриубыдэу.
ЩIыр зейм е ар къэзыгъэсэбэпым езыр-езыру къэкI афиянхэкI е акъылыр зыгъэутхъуэ пкъыгъуэхэр зыхэлъ къэкIыгъэхэр иримыгъэкъэбзыкIмэ, административнэ жэуап ихьыну къыпоплъэ, Урысей Федерацэм и КОАП-м и статьям ипкъ иткIэ. Къыхэдгъэщынщи, 2021 гъэм мыпхуэдэ хабзэр къызэпызыудам ипшынын хуей къуэдым хэхъуащ:
- цIыхухэм - сом 3 000-м къыщыщIэдзауэ сом 4 000-м нэс;
- къулыкъущIэхэм - сом 5 000-м къыщыщIэдзауэ сом 10 000-м нэс;
- юридическэ лицохэм - сом 50 000-м щыщIэдзауэ сом 100 000-м нэс.
Зыщывмыгъэгъупщэ, къуэдыр ипшынкIэ зэрызэфIэмыкIыр, наркотик зыхэлъ къэкIыгъэхэр иригъэкъэбзыкIын зэрыхуейр зэрыщхьэщамыхыр.
КъБР-м щыIэ МВД-м Наркотикхэр зэрызэрагъэкIуэкIым кIэлъыплъынымкIэ и управленэм цIыхухэр къыхуреджэ набдзэгубдзаплъэу щытыну, наркотикхэкI щагъэкI е щащэ ящIэмэ, хабзэхъумэ органхэм, къалэ, къуажэ администрацэхэм, район администрацэхэм мэкъумэшымкIэ и къудамэхэм хъыбар ирагъэщIэну.
УАРДЭ Жантинэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1978.txt"
} |
Фестивалхэр Хъыршыным и махуэшхуэ
Урысейм и махуэм, мэкъуауэгъуэм и 12-м, сыхьэт 11-м Псыкъелъэ цIыкIухэм (Шэджэм Ищхъэрэрэ Хъущтэ-Сыртрэ) щекIуэкIащ «Хъыршыным и махуэшхуэ» республикэ фестиваль зэIухар. Iуэхур зи жэрдэмри къызэзыгъэпэщари декоративно-прикладной гъуазджэм и IэпщIэлъапщIэхэмрэ цIыхубэ IэпэIэсэхэмрэ я «Уста» зэгухьэныгъэрщ.
Фестивалыр къыхэзылъхьахэм даIыгъащ Шэджэм район администрацэм, абы щэнхабзэмкIэ и управленэмрэ Шэджэм Ищхъэрэ къуажэ администрацэмрэ. Проектыр зыгъэхьэзырахэм я мурадыр щIэблэм я щIыналъэр фIыуэ ялъагъуу, республикэм ис лъэпкъхэм я щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэм пщIэ хуащIу, лIэщIыгъуэкIэрэ къахьэса цIыхубэ художественнэ IэпщIэлъапщIагъэр, декоративно-прикладной гъуазджэр, щэнхабзэр, къэрэшей-балъкъэр лъэпкъхэм я хабзэхэр яджыну, ахэр яхъумэну, зрагъэужьыну къыхураджэнырщ. Апхуэдэу фестивалыр къызэзыгъэпэщахэм зыхуагъэувыжа къалэныр цIыхубэм щIыналъэм и тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ гулъытэ хурагъэщIынырщ, я къежьапIэхэм, къэралым цIэрыIуэ щыхъуа балъкъэрхэм я лъэпкъ шхыныгъуэм - хъыршыным - хагъэгъуэзэнырщ. Проектым и къалэн нэхъыщхьэр - къызэрыгуэкI махуэхэм, махуэшхуэхэм япщэфI лъэпкъ шхыныгъуэхэр, хъыршыныр, зэрагъэхьэзыр щIыкIэхэр яхъумэну къыхураджэнырщ, хьэщIэм хуащIу щыта лъэпкъ хабзэхэр хэIущIыIу ящIынырщ.
Зэхыхьэм щагъэнэIуащ пщафIэ IэнатIэм зэфIэкI щызиIэхэр, балъкъэр хъыршыныр нэхъыфIу зыгъэхьэзырхэр. Псом хуэмыдэу зэхыхьэм гулъытэ хэха щыхуащIащ лъэпкъхэм я зэхущытыкIэхэмрэ щIыналъэхэм яку дэлъ зэпыщIэныгъэхэмрэ гъэбыдэным. Махуэшхуэм ирагъэблэгъащ гуп щхьэхуэхэмрэ цIыху зырызхэмрэ: балъкъэр хъыршыныр Iэзэу зыпщэфIхэр, Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкIхэр, а шхыныгъуэр фIыуэ зылъагъухэр. Конкурсым и программэм хэтащ пщафIэ IэщIагъэ зиIэхэр, илъэс зыбжанэ хъуауэ а лэжьыгъэм пэрытхэр, лъэпкъ джэгухэр, шхыныгъуэхэр, цIыхубэ художественнэ IэпэIэсагъэр, декоративно-прикладной гъуазджэр фIыуэ зылъагъухэр.
Урысейм и махуэм ирихьэлIэу къызэрагъэпэща фестивалыр щIэщыгъуэу икIи гукъинэжу екIуэкIащ. Балъкъэр хъыршыныр Iэзэу зыпщэфIхэм я зэфIэкIыр зэхыхьэм щагъэлъэгъуащ.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1979.txt"
} |
КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ «Узыншагъэр хъумэн» лъэпкъ проектыр гъэзэщIэным теухуа семинарым
УФ-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Скворцовэ Вероникэ, УФ-м и Правительствэм и аппаратым и унафэщIым и къуэдзэ Кириенкэ Анатолий сымэ Москва щрагъэкIуэкIащ «Узыншагъэр хъумэныр» лъэпкъ проектыр гъэзэщIэным пыщIа Iуэхухэм теухуа семинар. Абы ирагъэблэгъащ къэралым и субъектхэм я гъэзэщIакIуэ орган нэхъыщхьэхэм я унафэщIхэр. ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек.
Лъэпкъ проектыр гъэзэщIэным хуэгъэзауэ КъБР-м щызэхалъхьащ щIыналъэ программэу хы: «Медико-санитар дэIэпыкъуныгъэм зегъэужьыныр», «Гу-лъынтхуэ узыфэхэм япэщIэтыныр», «Сабийхэм я узыншагъэр хъумэным зегъэужьыныр, сабийхэм иджырей медицинэ дэIэпыкъуныгъэ зэрырат инфраструктурэ зытегъэувэныр», «Онкологие узыфэхэм япэщIэтыныр», «Узыншагъэр хъумэнымкIэ къэрал информацэ системэ зэгуэт зытегъэувэныр и лъабжьэу узыншагъэр хъумэным хуэгъэза бжыгъэ технологиехэр къызэгъэпэщыныр», «Узыншагъэр хъумэным пыщIа медицинэ IуэхущIапIэхэр щIэныгъэ куу зиIэ лэжьакIуэхэмкIэ къызэгъэпэщыныр».
Ахэр гъэзэщIэным трагъэкIуэдэн папщIэ федеральнэ, республикэ бюджетхэм ахъшэшхуэ къаутIыпщынущ. Мылъкур къагъэсэбэпынущ цIыхухэм, псом япэу щIыпIэ пхыдзахэм щыпсэухэм, хуащIэ медицинэ Iуэхутхьэбзэхэм я фIагъыр къэIэтыным, узыфэхэр нэхъ мащIэ щIыным, лъынтхуэ узхэмрэ онкологиемрэ илIыкIхэр гъэмэщIэным, узыншагъэр хъумэнымкIэ IуэхущIапIэхэм я лэжьэкIэр егъэфIэкIуэным, Iуэхум хэзыщIыкI IэщIагъэлIхэр гъэхьэзырыным, апхуэдэу бжыгъэр зи лъабжьэ иджырей технологиехэр зэтегъэувэным.
КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "198.txt"
} |
Евро-2020-м илъэскIэ гувауэ щIедзэ
Дуней псор иджыри къэс зыгъэгулэз коронавирус уз зэрыцIалэм и зэранкIэ нэгъабэ ягъэIэпхъуащ Iуэху щхьэпэ зыбжанэ. Абыхэм ящыщщ спорт зэхьэзэхуэ инхэу зэхэтын хуея Европэм футболымкIэ и чемпионатым и кIэух зэIущIэхэмрэ Токио щыIэну зытраухуа Гъэмахуэ Олимп джэгухэмрэ. Дызыпэмыплъа икIи хэщIыныгъэшхуэ къыдэзыта къэхъукъащIэ угъурсызыр мащIэу текIуэта хуэдэщ. Абы и щыхьэтщ спорт зэхьэзэхуэ инхэр зэрызэхаублэжари. Апхуэдэщ мэрем кIуам щыщIэдзауэ къэрал 11-м щрагъэжьа Европэм футболымкIэ и чемпионатым и кIэух зэIущIэхэр.
Нэхъапэм зэи къэмыхъуауэ, мы зэхьэзэхуэ иныр щIыпIэ куэдым хуагъэфэщащ, футболым и мыхьэнэр нэхъри къаIэтын мурад яIэу. Амстердам, Баку, Бухарест, Будапешт, Копенгаген, Глазго, Лондон, Мюнхен, Рим, Санкт-Петербург, Севилье къалэхэм щызэпоуэ Европэм и къэрал 24-м я командэ къыхэха нэхъ лъэщ дыдэхэр. Гупхэм щыIэну зэпеуэр щекIуэкIынухэм яхэтын хуеящ Ирландием и къалащхьэ Дублини. АрщхьэкIэ уз зэрыцIалэм къигъэшынэри, къахэкIыжащ. Ди гуапэщ абы къылъыс Iыхьэри Урысей Федерацэм къызэрыратар.
Зэхьэзэхуэ иныр щрагъэкIуэкIыну дзыхь зыхуащIа «Санкт-Петербург арена»-м щекIуэкIынущ гупхэм щыIэну зэIущIихрэ финалым и Iыхьэ плIанэм и зы джэгугъуэрэ. Нэхъ мащIэ дыдэу абыхэм ящыщу тIум, Бельгиемрэ Финляндиемрэ, щахуэзэм, Урысей Федерацэм и командэ къыхэхар хэтынущ.
ТопджэгумкIэ Европэм и чемпионатыр къэзыгупсысар франджы Делонэ Анрищ. Ар и унафэщIу щытащ Франджым ФутболымкIэ и федерацэмрэ УЕФА-мрэ. 1955 гъэм езыр дунейм ехыжа иужькIэ Iуэхум пищащ и къуэ Пьер. Абы дэIэпыкъуэгъу хуащIащ венгр Шебеш, австриец Фрей, алыдж Константрас, испан Пуйоль. А гупым 1957 гъэм УЕФА-м (Европэм и футбол зэгухьэныгъэм) и зэхуэсым и пащхьэ ирилъхьащ зэхьэзэхуэр зэрекIуэкIыну хабзэр.
1960 гъэм зэхаубла Европэм и чемпионатым (абы щыгъуэм зэреджэр Европей лъэпкъхэм я кубокт) и япэ зэIущIэр щекIуэкIар Мэзкуущ. ЦIыху 100.572-рэ кърихьэлIэу Совет Союзым и командэ къыхэхам «Лужники» стадионым къыщригъэблэгъат а лъэхъэнэм дунейм щынэхъыфI дыдэхэм хабжэ Венгрием и футболистхэр. А зэхьэзэхуэм япэ дыдэу къыщыхэжаныкIари ди хэкуэгъу Ильин Анатолийщ. Венгрхэр 3:I-уэ хигъащIэри, СССР-м и командэ къыхэхар финалым и Iыхьэ плIанэм нэсащ. Абы хьэрхуэрэгъу къыщыхуэхъуащ Испанием и футболистхэр. АрщхьэкIэ Совет Союзым дипломат зэхущытыкIэ хузимыIэ а къэралым и Iэтащхьэ Франко испанхэр дыдейхэм къадигъэджэгун идакъым. Арати, бэнэныгъэншэу ди топджэгухэр медалхэм щызэныкъуэкъуну кIэух зэпеуэм хэхуащ. Париж щекIуэкIыну зэхьэзэхуэм совет футболистхэм къащыпэплъэрт Югославием, Франджым, Чехословакием я командэ къыхэхахэр.
Финал ныкъуэм чехословакхэм щефIэкIри, ди щIалэхэм Iэмал ягъуэтащ дыщэм щIэбэныну. Абыхэм хьэрхуэрэгъу къахуэхъуащ хэгъэрейхэр хэзыгъэщIа югославхэр.
Лъэныкъуэхэр хуабжьу ерыщу зэпэщIэтащ. Спорт зэныкъуэкъуныгъэм къыхыхьат политикэ Iуэхури - Сталиныр дунейм ехыжа иужькIэ ирапэса фIейхэр ямыдэу Югославием и унафэщIхэм Совет Союзыр бий ящIат.
Джэгум и япэ Iыхьэр югославхэм яхьащ 1:0-у. АрщхьэкIэ, загъэпсэхуауэ къызэрихьэжу, Метревели Славэ бжыгъэр зэхуэдэ ищIыжащ икIи джэгум хухаха зэманыр зэрытемыгъэкIуауэ иухащ.
КъыщIагъуа сыхьэт ныкъуэр и кIэм нэблэгъэпауэ Понедельник Виктор щхьэкIэ дигъэкIа топым СССР-м къригъэхьащ Европэм и чемпионатым и япэ дыщэ медалхэр. ИлъэсиплI ипэкIи Совет Союзымрэ Югославиемрэ щызэпэщIэтат Мельбурн щыIа Гъэмахуэ Олимпиадэм и финалым. Абы щыгъуэми зи насып къикIар дыдейхэрат, 1:0-у текIуэри.
Хьэлэмэтращи, 1960 гъэм щыIа Европэм и чемпионатым и япэ зэхьэзэхуэм и медалхэр къэзыхьа СССР-р, Югославиер, Чехословакиер нобэ дунейм тетыжкъым. Илъэс 30 дэкIри ахэр зэхэщэщэжащ.
Совет Союзым футболымкIэ и командэ къыхэхам и ехъулIэныгъэ нэхъ ин дыдэхэр щызыIэригъэхьар Европэм и чемпионатхэращ. Зи гугъу тщIа зэхьэзэхуэм къищынэмыщIауэ, иджыри щэнейрэ ар финалым щыджэгуащ. АрщхьэкIэ 1964, 1972, 1988 гъэхэм зэрызэкIэлъыкIуэу Испанием, Германием, Голландием къыпикIуэтащ икIи дыжьын медалхэр къылъысащ.
Урысей Федерацэм и Iуэхухэр нэхъ къызэрыгуэкIщ. Зэ закъуэщ ди къэралым и командэ къыхэхам медаль гуэр къыщихьыфар. 2008 гъэм абы Европэм и чемпионатым ещанэ увыпIэр щиубыдащ. Алъандэрэ дэкIа илъэс пщыкIущым гур къыщIэзыубыдэн гуэр щыIакъым. Аращи, иджы щIэзыдзам куэдкIэ дызэрыщыгугъым шэч хэлъкъым.
Сыт хуэдэ Iуэхуми и щIэдзэкIэм куэд елъытащ. АрщхьэкIэ илъэскIэ гувауэ зэхаубла Евро-2020-м и япэ зэIущIэм фIы гуэри къытпигъаплъэртэкъым Урысей Федерацэм футболымкIэ и командэ къыхэхам. Абы хьэрхуэрэгъу къыщыхуэхъуат дунейпсо рейтингым бжьыпэр щызыIыгъ (Бразилиери, Германиери, Аргентинэри, Испаниери, адрейхэри къызэринэкIауэ!) Бельгием и топджэгу лъэрызехьэхэр.
ЗэIущIэм зэрыщIидзэу наIуэ хъуащ Бельгием и футболистхэр ди щIалэхэм куэдкIэ къазэрефIэкIыр. Санкт-Петербург щыджэгу пэтми, абыхэм Урысейм и командэ къыхэхам щхьэкъэIэтыпIэ ирагъэлъэгъуакъым икIи 3:0-у хагъэщIащ.
АрщхьэкIэ, хьэлэмэтращи, апхуэдэу бжыгъэшхуэкIэ къатекIуа пэтми, Черчесов Станислав и гъэсэнхэм иджыри Iэмал хъарзынэ яIэщ зыхэт гупым ехъулIэныгъэкIэ къыхэкIыну. Абы папщIэ дяпэкIэ зыпIэщIэтыну Финляндиемрэ Даниемрэ я командэ къыхэхахэм языхэзри хагъащIэмэ ирикъуфынущ, ещанэ увыпIэр къэзыхь гуэрхэри адэкIэ зэрыкIуэтэнум къыхэкIыу. АрщхьэкIэ Бельгием зэрыдэджэгуам къигъэлъэгъуащ Урысейр зэхьэзэхуэм зэрыхуэмыхьэзыр дыдэр икIи хуабжьу гугъу зригъэхьын зэрыхуейр зы текIуэныгъэ нэхъ мыхъуми къихьын папщIэ.
«В» гупым къыддыхэт Финляндиемрэ Даниемрэ я зэпэщIэтыныгъэм нэщIэбжьэ кърикIуэным зы мащIэ дыдэщ иIэжар. Ар къызэрымыхъуамкIэ фIыщIэ ин къалэжь губгъуэм занщIэу илъэда дохутырхэм. ЗэIущIэм и япэ Iыхьэр щиух дыдэм, икъукIэ жыджэру зыкъэзыгъэлъагъуэ Данием и командэ къыхэхам и гъуащхьауэ Эриксен Кристиан, зэрыжэм хуэдэурэ мэхри, джэлащ. Зи гур къэувыIа щIалэм хуэфэщэн дэIэпыкъуныгъэ ирату сыхьэтым щIигъукIэ джэгур зэпагъэуащ икIи мащIэу зыкърагъэщIэжа иужькIэщ сымаджэщым щашар.
ЗэIущIэм, дауи, щIрагъэдзэжакъым. Абы щыпащар етIуанэ махуэращ. Къэхъуам зи гур ириха Данием и футболистхэм зыкъаужьыжыфакъым икIи финнхэм 0:1-уэ къапикIуэтащ.
АдэкIэ абыхэм зыкъызэраужьыжынум шэч хэлъкъым икIи дыдейхэм щаIущIэну мэкъуауэгъуэм и 21-м ирихьэлIэу аргуэру къару лъэщ, дауи, хъужынущ. Насып яIэмэ, нэхъ ипэIуэкIэ Урысей Федерацэм и футболистхэм Финляндиер хагъэщIэнщ. Ари Санкт-Петербург щекIуэкIынущ икIи тезыгъэгушхуэнухэр куэдынущ.
Евро-2020-м и пэщIэдзэ зэIущIэхэм ящыщу нэхъ къыхагъэщ Нидерландхэмрэ Украинэмрэ я командэ къыхэхахэм я зэпэщIэтыныгъэ дахэр. Ди гъунэгъухэм икIи зы къэралым къыддыхэтахэм къагъэлъэгъуащ дунейм и топджэгу нэхъ лъэщ дыдэхэм япэхъуфын гуп хъарзынэ зэраIэр. 0:2-уэ фIахь пэтми, абыхэм зыкъызэкъуахащ икIи дакъикъэ зытхухым бжыгъэр зэхуэдэ ящIыжыфащ. АрщхьэкIэ къару куэдыIуэ зэрагъэкIуэдам закъригъэщIэжащ: джэгур щиух дыдэм аргуэру зы топ къыхудагъэкIри, 2:3-уэ фIахьащ.
Куэд топсэлъыхь Чехием и гъуащхьауэ Шик Патрик джэгупIэ губгъуэм и кум иту (метр 44,5-кIэ гъуэм пэжыжьэу) Шотландием и командэ къыхэхам топ зэрыхудигъэкIами. Ар апхуэдизу дахэ хъуащи, зы телеканали къэнауэ къыщIэкIынкъым къимыгъэлъэгъуэжауэ.
Европэм и зи чэзу чемпионатым щIидза къудейуэ аращ. Зэхьэзэхуэр зэрекIуэкIыну мазэм къриубыдэу ди нэгу щIэкIынущ иджыри хьэлэмэт куэд. Дыхуейт Урысей Федерацэм и командэ къыхэхари абы фIыкIэ къыщыхэжаныкIыну икIи дэрэжэгъуэ къыдитыну. ЗэкIэ къэхъур нэгъуэщIщ.
СССР-м и командэ къыхэхам и гъуащхьэтет Яшин Лев Европэм и кубокыр IэщIэлъщ. 1960 гъэ
ТопитI къытхудэзыгъэкIа Бельгием и гъуащхьауэ Лукаку къыдобгъэрыкIуэ.
Топым къригъэгъэзэн и гугъэу Шотландием и гъуащхьэтетыр хъым хэзэрыхьащ.
Эриксен Кристиан псэзэпылъхьэпIэм итщ.
ЖЫЛАСЭ Заурбэч.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1980.txt"
} |
Дунейм щыхъыбархэр
Нобэ
♦Гужьеигъуэм и дунейпсо махуэщ
♦УФ-м IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм дзэм пыщIа транспортым и лэжьыгъэр зэкIэлъызыгъакIуэ и къулыкъум и махуэщ
♦Азербайджаным щагъэлъапIэ цIыхум и хуитыныгъэхэм я махуэр
♦Молдовэм и тхыдэджхэм я махуэщ
♦Тыркумэным юстицэмкIэ и органхэм я лэжьакIуэхэм я махуэщ
♦1761 гъэм Урысей империем унафэ къыщащтащ къэралым къулыкъу хуэзыщIахэм пенсэ яхуэгъэувыным теухуауэ.
♦1815 гъэм Инджылызымрэ Пруссиемрэ я дзэхэм Бонапарт Наполеон и армэр Ватерлоо къалэ цIыкIум деж щызэтракъутащ.
♦1880 гъэм Москва къалэм Пушкин Александр и фэеплъ къыщызэIуахащ. Ар скульптор Опекушин Александр и проекткIэ ящIат.
♦1889 гъэм США-м щыщ Ричардсон Уильям къигупсысащ сабийхэр къызэрырашэкI гу цIыкIур. Иджыпсту ар дуней псом нэхъыбэу къыщагъэсэбэп сабий хьэпшыпхэм ящыщщ.
♦1932 гъэм Женевэ къалэм (Швейцарие) къыщащтащ Баскетбол зэгухьэныгъэхэм я дунейпсо федерацэ къызэгъэпэщыным теухуа унафэ. Иджыпсту абы хэтщ къэрал 213-м я зэгухьэныгъэхэр.
♦1936 гъэм дунейм ехыжащ совет тхакIуэ, драматург, жылагъуэ лэжьакIуэ Горький Максим.
♦1937 гъэм щIидзащ кхъулъатэкIэ къемытIысэхыу Москва - Полюс Ищхъэрэ - Ванкувер гъуэгуанэр зэпычыным теухуа зекIуэр. Кхъухьлъатэр зэрагъакIуэрт Чкалов Валерий, Байдуков Георгий, Беляков Александр сымэ. Ищхъэрэ полюсыр зэпиупщIри, США-м щыщ Сан-Джасинтэ къалэм щетIысэхащ. Километр 10148-рэ хъу гъуэгуанэр абыхэм зэпачат сыхьэт 63-м щIигъукIэ.
♦1946 гъэм Италиер Республикэ хъуащ.
♦1955 гъэм «Юность» журналым и япэ номерыр къыдэкIащ.
♦1956 гъэм Налшык музыкэ училищэ къыщызэIуахащ.
♦1960 гъэм дунейм къытехьащ тхьэмахуэм зэ къыдэкI «За рубежом» журналым и япэ номерыр.
♦1974 гъэм дунейм ехыжащ дзэзешэ цIэрыIуэ, къэрал лэжьакIуэ, Совет Союзым и Маршал Жуков Георгий.
♦1935 гъэм къалъхуащ урысей актёр, режиссёр, СССР-м и цIыхубэ артист, УФ-м и Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща, къэрал академическэ Театр ЦIыкIум 1988 гъэ лъандэрэ и художественнэ унафэщI Соломин Юрий.
♦1940 гъэм къалъхуащ адыгэ сурэтыщI-живописец Индрис Залымхъан.
♦1942 гъэм къалъхуащ Инджылызым щыщ музыкант, уэрэджыIакIуэ, композитор, дуней псом цIэрыIуэ щыхъуауэ щыта «Битлз» гуп цIэрыIуэр къызэзыгъэпэщахэм яхэта Маккартни Пол.
♦1949 гъэм къалъхуащ Качиньский зэкъуэш зэтIолъхуэныкъуэхэу Лехрэ (Польшэм и президенту щытащ, 2010 гъэм мэлыжьыхьым и 10-м Смоленск пэмыжыжьэу кхъухьлъатэ къыщыщехуэхам хэкIуэдахэм ящыщщ) Ярославрэ (Польшэм и премьер-министру щытащ).
♦1956 гъэм къалъхуащ химие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъМУ-м и профессор Ало Владимир.
♦1976 гъэм къалъхуащ Урысей эстрадэм и артист, уэрэджыIакIуэ, нэтынхэр езыгъэкIуэкI Галкин Максим.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 24 - 25-рэ, жэщым градус 16 - 18 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
ЗэкIуэцIыпхауэ щылъ дыгъужьыр тхьэкIумэкIыхьым йощэ.
Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1981.txt"
} |
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къуажэ щIыналъэхэм комплекснэу зегъэужьыныр» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и
Унафэ
2021 гъэм мэкъуауэгъуэм и 7-м Налшык къалэ №127-ПП
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къуажэ щIыналъэхэм комплекснэу зегъэужьыныр» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2019 гъэм щэкIуэгъуэм и 27-м къыдигъэкIа унафэ №207-ПП-мкIэ къищтам, хэлъхьэн мы унафэм и гуэдзэным къыщыгъэлъэгъуа зэхъуэкIыныгъэхэр.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и транспорт IэнатIэм зегъэужьыныр» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и
Унафэ
2021 гъэм мэкъуауэгъуэм и 7-м Налшык къалэ №128-ПП
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и транспорт IэнатIэм зегъэужьыныр» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2020 гъэм шыщхьэуIум и 17-м къыдигъэкIа унафэ №179-ПП-мкIэ къищтам, хэлъхьэн мы унафэм и гуэдзэным къыщыгъэлъэгъуа зэхъуэкIыныгъэхэр.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий.
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхухэр псэупIэрэ коммунальнэ IуэхутхьэбзэхэмкIэ къызэгъэпэщыныр» къэрал программэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и
Унафэ
2021 гъэм мэкъуауэгъуэм и 8-м Налшык къалэ №129
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхухэр псэупIэрэ коммунальнэ IуэхутхьэбзэхэмкIэ къызэгъэпэщыныр» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2020 гъэм гъатхэпэм и 17-м къыдигъэкIа унафэ №39-ПП-мкIэ къищтам хэлъхьэн мы унафэм и гуэдзэным къыщыгъэлъэгъуа зэхъуэкIыныгъэхэр.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1982.txt"
} |
Анэдэлъхубзэ
Бемырзэ Зураб
(усэ зэпэдзыж)
- Си адыгэбзэр уэсэпс мащIэу
Зэгуэр си Iупэм трилъащIэу
Си анэм къызита макъамэщ.
- Си адыгэбзэр жыр пэлъытэу,
ГъущIмывэ бзаджэри икъутэу
Си адэм схуригъэщIа къамэщ!
- Гущэкъу уэрэду зиухуэну,
Сабийм и напэм Iэ дэслъэну
IэфIыгъэ нэхущ си адыгэбзэр.
- Шэ гын хьэзырхэм щимылъыжым,
Си сэшхуэм бийхэр щимыбзыжым –
Тылей уэрэдщ си адыгэбзэр!
- Си лъагъуныгъэм и псэ къабзэу,
Пшынэбзэ шэрэшэн бзэрабзэу
Къыздежьуужыр си лъэпкъыбзэщ.
- Си адыгэшым нал икъутэр
ГъущI сабэу Хэкум щыхикIутэм –
Къызэрезгъазэр си лъэпкъыбзэщ!
- Си дэлъхум хуэзгъэтIылъ тхьэлъэIуу
Мы гъащIэм сэ сызэрелъэIур
Си анэм къызита бзэ закъуэрщ.
- Си шыпхъум хидыкIа щэкI Iыхьэр
УIэгъэ мыхъужыным Iуслъхьэм,
Си Iупэм телъыр си бзэ закъуэрщ.
- Ирехъу апхуэдэу. Лъэпкъ лъэужьу
Си быным я дуней Iэужьу
ЩреIэ си анэдэлъхубзэр.
- БлэкIам къела адыгэ лIыгъэм
Ди уафэм имыкIыж уэздыгъэу
Хрепсэ ену си лъэпкъыбзэр!
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1983.txt"
} |
МЭРЕМ ПШЫХЬ
Адыгэ лIакъуэхэр
Къэбэрдейхэр
Адыгэхэр ижь-ижьыж лъандэрэ къэгъуэгурыкIуэ лъэпкъщ. XII лIэщIыгъуэм Тмутараканыр Византие къэралыгъуэм и бжьым щIэхуа нэужь адыгэ зэгухьэныгъэм хэтхэм щхьэхуэ защIу хуежьащ. Абы ирихьэлIэу Кавказ Ищхъэрэм и курыт щIыналъэхэм къыщыунэхуащ зи щхьэ и унафэ зыщIыж Къэбэрдейр икIи къэбэрдей субэтносыр зэтеувэн щIидзащ. XIII лIэщIыгъуэм монгол-тэтэрхэм я зекIуэм Кавказым и лъэпкъ-политикэ ухуэкIэм зихъуэжащ. А лъэхъэнэм къыдежьащ нэгъуэщI лъэпкъхэр адыгэхэм къызэреджэ «шэрджэс» псалъэри.
XII-XIV лIэщIыгъуэхэм Кавказ Ищхъэрэм и курыт щIыналъэм адыгэ зэгухьэныгъэщIэ къыщыунэхуащ. А къэралыгъуэмрэ абы щыпсэу цIыхухэмрэ «къэбэрдейкIэ» еджэ хъуащ. XV илъэсищэм и япэ Iыхьэм Федерализмэм и хабзэхэм Къэбэрдейм зыщаужьащ. А лъэхъэнэм лъэ быдэкIэ уващ пщыгъуэр, зауэлI хабзэхэр, зэдэлажьэу хуежьащ жылагъуэ институтхэр: пщышхуэр (пщы уэлийр), хасэр, хеящIэр. Къэбэрдей адыгэхэм я щэнхабзэ, я жылагъуэ зэхэтыкIэр адрей лъэпкъхэм щапхъэ яхуэхъуу хуежьащ.
1557 гъэм урысхэмрэ адыгэхэмрэ зауэ-политикэ зэгурыIуэныгъэ зэращIылIащ. Ар нэхъри игъэбыдащ 1561 гъэм адыгэпщ Идар Темрыкъуэ ипхъу Гуащэней (Марие) Иван IV щхьэгъусэу зэрыритам. А зэпыщIэныгъэр иригъэфIэкIуащ XVI лIэщIыгъуэм хэкум икIыу адыгэпщ зыбжанэ къулыкъу ящIэну Москва зэрыкIуам. Ахэр тхыдэм пщы Черкасскэхэу хыхьащ.
XVIII лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэм Къэбэрдейр зыIэщIэлъэнур яхузэрымыгъэгъуэту Тыркумрэ Урысеймрэ зэныкъуэкъу зэпыту екIуэкIащ. 1739 гъэм Белград щызэращIылIа мамырыгъэ зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ ар зыми IэщIэмылъ къэрал щхьэхуиту къалъытауэ щытащ. АрщхьэкIэ а лIэщIыгъуэм и 60 гъэхэм щегъэжьауэ Урысейр хущIэкъуащ Къэбэрдейр, зэрыщыту Кавказ Ищхъэрэр, зыIэщIилъхьэну. Кавказ зауэм и япэ лъэхъэнэм (1763 - 1822 гъэхэм) къриубыдэу Къэбэрдейм и щхьэхуитыныгъэр фIэкIуэдащ. Кавказ зауэр 1864 гъэм накъыгъэм и 21-м иухащ, пащтыхьым и дзэхэм къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ адыгэ щIыналъэхэр иубыдауэ. Псэууэ къэна адыгэхэм я нэхъыбэр залымыгъэкIэ я хэкум ирагъэкIащ.
192I гъэм Къэбэрдей адыгэхэм езыхэм я къэралыгъуэ ягъуэтащ - РСФСР-м хэт Къэбэрдей Автономнэ округ яIэ хъуащ. 1922 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр Автономнэ округ къызэрагъэпэщащ, 1936 гъэм - Къэбэрдей-Балъкъэр АССР. 1992 гъэм республикэм и фIэщыгъэцIэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэ хъуащ.
Къэбэрдейхэр нобэ адыгэ лъэпкъ нэхъ инхэм ящыщ зыщ, адрей адыгэхэми хуэдэу, дунейм нэхъ къызэрыщацIыхур шэрджэсущ. Я хэкур Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэрщ. Урысей Федерацэм къэбэрдей адыгэу мин 520,1-рэ исщ, абы щыщу мин 490-м щIигъур зыщыпсэур Къэбэрдей-Балъкъэрырщ. Апхуэдэу къэбэрдей адыгэхэр щопсэу Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэс, Осетие Ищхъэрэ - Алание республикэхэм, Краснодар, Ставрополь крайхэм, Тыркум, Сирием, Иорданием, СНГ-м хыхьэ къэралхэм, нэгъуэщIхэми.
Къэбэрдей адыгэхэр лъэпкъкIэ «къэбэрдейуэ» ятх, къэбэрдей-шэрджэс литературэбзэм (адыгэбзэм) иропсалъэ (диалект зыбжанэ иIэщ).
Хъыбархэр
Жьэгу пащхьэ мафIэ
Ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэхэм пщIэшхуэ хуащI жьэгу пащхьэ мафIэм. Абы лъабжьэ хуэхъуар иджыкIэ IупщIкъым. Ауэ хуэбгъэфащэ хъунущ нартхэр щIыIэм ису Сосрыкъуэ мафIэ къихьу къыщригъэлам е адыгэхэр мажусий диным щита лъэхъэнэм къыщежьауэ.
«Тхьэуэ мор зи уафэ, Тхьэуэ мыр зи щIылъэ» жаIэу тхьэ зэраIуэу щытам ещхьыркъабзэу, «Тхьэуэ мор (е мыр) зи жьэгу пащхьэ мафIэ» - тхьэрыIуэр куэд щIауэ щыIэщ. Аращи, жьэгу пащхьэ мафIэр Тхьэпэлъытэу ябжу щытащ.
Адыгэхэм унэщIэ ящIамэ, япэу жьэгу пащхьэ мафIэ зыщIыр унэгуащэрт. Жьэгу мафIэр хэти ищI хъурт. КъимыдэкIэ, «угъурлыгъэщ» жаIэрти, абы пэрылъ мафIэр зэи ягъэункIыфIыртэкъым. Сэ мыувыIэу сигу къокIыж жьэгу пащхьэ мафIэм теухуауэ зыгуэрым жиIэжу зэхэсха мы хъыбарыжьыр:
«Дыщэ пыIэ щхьэрыгъыу, унэм ирамыгъэкIыу илъэскIэ ягъэныса нэужькIэт нысащIэм япэ дыдэу мафIэ ирагъэщIу лэгъуп щызэфIрагъадзэр. Зы адыгэ унагъуэ гуэрым я нысащIэм япэу мафIэ зэщIигъэстауэ пщэфIэну щыщIидзэ дыдэм ирихьэлIэу хъыбар къэIуащ къуажэм зричу, пIалъэ лъэпкъ къыхэмыкIыу, Iэпхъуэн хуейуэ.
А лъэхъэнэр бзаджэт ди лъэпкъым дежкIи, тетIысхьэгъуэ зимыIэ жыхуаIэм хуэдэу, дыкърахуэкIырт, псэхугъуэ къыдатыртэкъым ди бийхэм.
Жылэр щыIэпхъуэм, зи япэ лэгъупыIэмпIэр къызытекъута нысащIэм игу фIы щыщIэнт, къытехъуам иринэщхъейт, «сыту мафIащхьэ угъурсызт» къысхужаIэнщ, жиIэрти тегузэвыхьырт. Сытми, нысащIэм и мафIэ зэщIэплъам щыщ дэп тасым ирилъхьэщ, гуарцэ къригъэтIылъэкIри: «Я дэ ди Тхьэу Тхьэшхуэ, си жьэгу пащхьэ мафIэр сыкъызыхыхьа лъэпкъми сыкъызыдыхьа жылэми угъурлы яхуэщI!», - жиIэри здришэжьащ.
Жылэ Iэпхъуар тIыса иужь, нысащIэр илъэс пщIейкIэ псэужати, зы махуэ и жьэгу пащхьэ мафIэ зэхигъэкIакъым, жылэри а здэIэпхъуа щIыпIэм имыкIауэ нобэми ныжэбэми исщ. Абы лъандэрэ къежьауэ «ГукIакъуэхэ я гуащэжьым и жьэгу пащхьэ мафIэу» хужаIэ зи лэгъупыIэмпIэ зэфIэлърэ зи жьэгу пащхьэ мафIэ блэуэ зрихьэлIэ адыгэ унагъуэм».
ЛIыжьымрэ фызыжьымрэ
Зы лIыжь цIыкIурэ зы фызыжь цIыкIурэ псэурт. ЛIыжьымрэ фызыжьымрэ зэхуэбзаджэт. ФIыуэ зэрылъагъуртэкъым. Хуэмыхьыжу лIыжьым и щхьэр ирихьэжьэри ежьэжащ. ЗдэкIуэр имыщIэу куэдрэ гъуэгу тетауэ, зы мащэшхуэ гуэр IущIащ. Иплъэмэ, благъуэ абрагъуэ ису лIыжьым къилъэгъуащ. Къигъэзэжри лIыжьыр и фызыжьым деж къэкIуэжащ.
- Дэнэ уздэщыIар? - жиIэри фызыжьыр лIыжьым щIэгубжьащ.
- Зы мащэ гуэрым дыщэ куэд илъу срихьэлIати, си закъуэти, симыхьэфу сыкъэкIуэжащ, - жиIащ лIыжь цIыкIум.
- НакIуэ, - жиIащ фызыжь цIыкIум.
КIапси къыздащтэри, еуэри кIуащ. ЛIыжьыр мащэм щхьэщыхьэри иплъащ.
- Сэ сихьэнщ, фызыжь, уэ мэуэ щыт, - жиIащ абы. Ауэ фызыжьыр мащэм щхьэщыхьащ. Абы иплъэну зыщишийм, лIыжьыр жьэхэIунщIэри, и щхьэр и щIагъыу фызыжь цIыкIур мащэм иридзащ. ЛIыжьыр къыщIэпхъуэжауэ къыздэжэм, къызэщIэувыIыкIащ. Фызыжьым игу щIэгъужри къигъэзэжащ. Къыздигъэзэжам, еплъмэ, къелъагъу: фызыжьым благъуэр гъуэм кърихуащ. Апхуэдизу зи жагъуэ ящIа благъуэр жылэ гуэрым кIуэри егъуэлъылIащ, цIыхуи Iэщи къыдимыгъэкIыу. Къуажэр хьэлэбэлыкъышхуэ хэхуащ. Ар лIыжь цIыкIум къыщищIэм, а жылэм къэкIуащ. И пыIэр зыщхьэрехри едз, и цейр зыщехри хуедз, благъуэм дежкIэ мажэ. ЯгъэщIагъуэу зэрыжылэу лIыжьым йоплъ. Благъуэм и щхьэр къиIэтри: «Сыт укъыщIэкIуар, лIыжь мыгъуэ цIыкIу?» - къеупщIащ. «Фызыжьыр мащэм къикIыжауэ къокIуэ уи деж, ар бжесIэну аращ сыкъыщIэкIуар», - жиIащ лIыжьым. «Фызыжьыр къакIуэуи?» - щIэупщIащ благъуэр. «Къожэ, иджыпсту къэсынущ», - жиIащ лIыжьым. Благъуэм кIэбгъу зищIри зигъэпщкIужащ. ЛIыжьри, игъэзэжри, и унэ кIуэжащ.
Зытхыжар КIурашын БетIалщ.
ГушыIэхэр
Iуэм иубыдэ
Беижь гуэрым и лIыщIэхэм я мэкъуауэкIэм еплъыну шы-уанэ зэтрилъхьэу здэщытым, Дизыкъуажэ бгъэдыхьащ. Шым гъудэ пIащэ зытхух къыкIэрыхъыжьати, зэмыуэкIыу зы дакъикъэ щигъэтыртэкъым. Абы Дизыкъуажэ гу щылъитэм:
- Уэлэхьи, зиусхьэн, - жиIащ абы, - а иджыпсту щыщIэдзауэ къыпкIэрыхъыжьахэм тыншыгъуэ къуамытын.
АтIэ сыт Iэмалыр, мы бзаджэнаджэхэм щIопщымкIэ соуэри - техуэркъым, Iузохури - напIэзыпIэм къосыж.
- ЩымыхъужыххэкIэ Iуэм иубыдэ-тIэ, - жиIэри къыIукIыжащ Дизыкъуажэ.
Абы жиIар и фIэщ хъуауэ, беижьым гъудэхэр зыкъомрэ кърихуэкIри, итIанэ шыр Iуэм иришащ. Шым и гъусэу гъудэхэр Iуэм щилъатэм: «Иджы фэ фхуэфI сэ сыхъунщ», - жиIэурэ шыр къришыжри, Iуэбжэр кърипхыжащ.
Дыгъухэр къызэраубыдар
ЛIы гуэрым и мэлыр къадыгъуну щIалитI чэтым щIыхьащ.
ЛIым Iэуэлъауэ щызэхихым, мыч-мыбжэгъуу башышхуэ къищтэри, Iуэм ихьащ. КIыфIт, зыри илъагъуртэкъым. Мэлыр зейр Iуэм къыщихьэм, дыгъухэр чэтым щIэт шхалъэм дэтIысхьэри, заущэхуащ.
Мэлыр зейм Iуэр хъурейуэ къикIухьри жиIащ:
- ДыгъуакIуэ си деж къэкIуам, Алыхьым Iэмыр ищIауэ, и лъэпхъуамбэшхуэцым хуищIэу сыкъеIащэрэт, нэгъуэщI есщIэну сыхуейтэкъым!
ДыгъуакIуэ къэкIуахэр лъапцIэт.
- Сыту пIэрэ мыр лъэпхъуамбэшхуэцым къеIэну щIыхуейр? Апхуэдизу узу пIэрэ? - жиIэщ зыми, и гъусэм и лъэпхъуамбэшхуэцым къеIащ. Зи лъэпхъуамбэшхуэц къеIар ину кIиящ.
Мэлыр зейр зыхуеиххэр арати, башымкIэ яхэуэурэ дыгъухэр дихужащ.
КъардэнгъущI Зырамыку.
ЖыIэгъуэхэр
Мыхъунур пасэу мэтIыгъуэ
♦ЦIыхуитI нэхърэ нэхъыбэм къащIэмэ, зэIащIэну Iуэхур щэхуу къанэмэ, зэтес мэхъуж.
♦Шэнтым темыхуэр мастэпэм фIозагъэ.
♦Шыдыщхьэ къызыфIэкIам хуэшхыдэххэурэ, жылэр зэщIещтэ.
♦ЯжепIэмэ, жыжьэу ущIызытрамыгъэхьэнур зэ лэжьа хъумэ, арэзы тохъуэжри, уэри лей уохъуж.
♦Iэпэдэгъэлэл: Iэмал зиIэр Iэмалыншагъэм зэрыхуагъакIуэ Iэмалщ.
♦Iуэху зимычэзур ехьэжьэгъуафIэщ, зехьэкIейщ.
♦Зы Iуэхугъуэр тIум яфIэгъэщIэгъуэнщ: зым пкърымыхьауэ, адрейм пхрыкIауэ.
♦Къэзыухьыр цIыкIумэ, къиухьри чэнжщ.
♦Уеджэну зэи мыкIасэр пэжщ, пасэу щIэбдзэмэ!
♦ЩIэныгъэм итхьэла акъыл.
♦ЩIэуэ зэбгъэщIэнуIамэ, умыщIэ зыгуэр щыIэу зыбумысыжын хуейщ.
♦Гугъэр - ныбгъуэщ, гъащIэр - бзущ.
♦ДыздэкIуэIарэ хьэмэрэ къэсыр къыдблэкIрэ?
♦Адэ-анэм пщIэуэ хуащIым хуэдизщ быным къалъысыжыр.
♦Быныр гъэса хъуамэ, гу лъытэгъуейкъым: зыпIар ипIыжу плъагъунущ.
♦Дадэ къуапэри ядакъым: мыхъунур пасэу мэтIыгъуэ.
♦Сабийм балигъыбзэр зэхещIыкI, жьыкIэфэкIэр сабиибзэ хуэныкъуэщ.
♦Хабзэжь зизылъэфыхьым щыгъупщэжащ езым и щIалэгъуэм гъуэгу кърамыту зэрыщытар.
♦ХабзэфIыр къегъэжьэгъуейщ, хэгъэкIуэдэжыгъуафIэщ.
♦ЦIыхугъэр зыхэлъхьэгъуейкъым, зехьэгъуейщ.
♦Щхьэж езым и хьэл хэлъыжщ: аращ хабзэ щIыщыIэри.
Бейтыгъуэн Сэфарбий.
Прозэу тха усэ
ГущIыIэ
Зэгуэр сэ хуабэу сыщытат. Гуныкъуэгъуэ ущиIи, зэшыр къыщыптеуи, цIыхухэм уакъыщыгурымыIуи укъакIуэрти, къыспкърыкI хуабэм зебгъэурт. Утезгъэужырт, уи гур пхуэзгъэIэфIыжырт. Си бжэр пхузэIусхати, ухуеиху укъыслъихьэрт. Сыкъэплъыхъуэн хуеи хъуртэкъым, сыт щыгъуи пщIэрт сыздэщыIэр. ПщIэнтэкъэ, абы фIэкIа Iуэху симыIэу, сыппэплъэу уи гъуэгум сыщытеткIэ? Уэ гуауэ къыплъысамэ, сэ сынэщхъейт, лъэпощхьэпо уIууамэ, уи япэ сиувэрти, уи Iуэху пхузэфIэзгъэкIырт. Си гупсысэр птезухуэщати, сэ езым гъащIэ сызэриIэр сIэщIэгъупщыкIыжауэ, ууеймкIэ сыпсэурт. НэгъуэщIу жыпIэмэ, уэ сыпхуэпсэурт…
Арати, уэ ущыкIащ. УщылъэIуэн хуейм дежи унафэ пщIы хъуащ. Уи псалъэхэм я Iэужь си уIэгъэхэри къибдзэтэкъым. Зызыхуэсшэурэ, умылъагъужыххэн хуэдиз сыхъуат. Хуабагъэ гуэри къыспкърыкIыжыртэкъым. СиIэжтэкъым гукъыдэж. Уэ кIэбгъу зыпщIыжри, уи хъуреягъыр къебгъэбыдэкIыжащ. Упсэуащ апхуэдэу зыкъомрэ. Хуабагъэу сэ ныпхэслъхьар бухыху. ИтIанэ-щэ?! Узэса гуапагъэр нэгъуэщIыпIэ щыщумыгъуэтым, уигу къэкIыжащ сызэрыщыIэр. Си деж укъэзышэу щыта, банэмрэ къуацэ-чыцэмрэ зэщIабла гъуэгур къэбгъуэтыжри укъытеувэжащ. Нэхъапэм хуэдэжтэкъым а гъуэгур. КIыхьт, быркъуэшыркъуэт. Лъагъуэ бгынэжа гуэрт. Гъуэгу зэщIэкIар бгъэкъэбзэжурэ си бжэIупэм нэс укъэкIуащ. УзэрыщIегъуэжар къызыхэщ псалъэ гуэрхэр схуэбгъэхьэзырауэ уи бзэгупэм телът. Ухьэзырт, укъызэрысIуплъэу, а псор къыстебгъэлъэлъэну. ИтIанэ успхъуэтэжын уфIэщIу къыщIэкIынут.
Ауэ сэ иджы сыгущIыIэт. ПщIэжрэт, зызэхуишэурэ ужьыхыжа гу цIыкIур?! АтIэ мис ар уэлбанэм хиубыдэри, зыгъэхуэбапIэ имыгъуэтурэ диящ, щтыным нэсащ. Уэ хуабапIэу уиIам игъуэтыжакъым езыр зыгъэхуэбэн.
Си бжэIупэм мыл IуищIат. Абы ущытеувэм, ущIэцIэнтхъури, утехуащ. УкъызыфIэувэжыну къару щумыгъуэтым, ныбафэкIэ си дежкIэ укъэпщу ухуежьащ. Ари пхуэздакъым, жьапщэмрэ уаемрэ уэсщIэкIри. Сылеймыгъэгъут. СыгущIыIэт. УэркIэ сыгущIыIэт.
Гугъуэт Заремэ.
Ущие зыхэлъ тхыгъэ
Эзоп и жэуапхэр
Зэгуэрым Эзоп зи пщылI Ксанф хьэщIэ гуп къыхуэкIуэнути, шхыныгъуэ щыIэм я нэхъ IэфIыр ипщэфIыну унафэ хуищIащ. Эзоп бэзэрым кIуэри, бзэгу къищэхуащ, ар игъэхьэзырри Iэнэм яхуихьащ.
- Мыра нэхъ шхыныфIу щыIэр?! - къэгубжьащ Ксанф.
- Аращ, - жиIащ Эзоп. - Бзэгур псом нэхърэ нэхъыщхьэщ. Абы и фIыгъэкIэ къалэхэр яухуэ, лъэпкъхэм я щэнхабзэхэм заужь, щIэныгъэ зыдогъэгъуэт, цIыхухэр зопсалъэ, жыпIэнурамэ, Iуэху зэмылIэужьыгъуэхэр зэфIах. Бзэгум «къыпокI» гуапагъи, дахагъи, лъагъуныгъи.
Ксанфи и хьэщIэхэр апхуэдэ жэуапымкIэ арэзы хъуащ.
ЕтIуанэ махуэм Ксанф Эзоп жриIащ бэзэрым нэхъ Iей дыдэу щыIэр кърихыну. Эзоп аргуэру бзэгу къихьащ.
- Дыгъуасэ абы нэхъыфI щымыIэу жыпIащ, нобэ абы нэхъ Iей щымыIэу жыбоIэ! - къэгубжьащ Ксанф.
- Пэж дыдэщ, - жэуап етыж Эзоп. - Бзэгум нэхъ Iей сыт щыIэ? АбыкIэ цIыхухэм пцIы яупс, зэщохьэ, бзаджагъэ зэрахьэ. Бзэгум цIыхухэр бий зэхуещI, зауэ къегъэхъей, къалэхэр, уеблэмэ къэралыгъуэхэр зэхэкъутэнымкIэ унафэхэр къещтэ. Лъэпкъым, цIыхум гуауэшхуэ къыхуихьыфынущ. Сыт щыIэ атIэ абы нэхърэ нэхъ Iей?
НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1984.txt"
} |
МэшбащIэ Исхьэкъ и усэхэр
ХЬЭГЪЭУДЖ МЫХЬЭМЭТ
ЩаІуэтэжкІэ тхыдэм и хъыбар,
СыщедаІуэкІэ бзум и уэрэд,
КъыщешхкІэ гъатхэ уэшх дызыпэплъар,
Си гум укъокІыр, Мыхьэмэт.
ЩхъуэкІэплъыкІэу зэщІигъаблэу щІыгур,
Пшынэ Іэпэу джэгумэ дыгъэ бзийр,
ГуфІэу зызэІуихмэ пщащэ нэгум,
Мыхьэмэт, уэ укъокІыжыр си гум.
ІупщІу хызолъагъуэр уи пшыналъэм
Си илъэс блэкІахэм я сурэт,
Сабиигъуэм и макъ зэрылъэлъыр,
Къурш щхьэ хужьхэр. Уэри - Мыхьэмэт.
Еуэ пшынэм, еуэ тегушхуауэ,
ЩІалэ хъужа гур ирихужьауэ,
Уи макъ лъэщкІэ къыщIэбдзэм уэрэд,
СедэІуэнт семышу, Мыхьэмэт!
Шыщхьэмыгъазэу уанэшыр зэщІэплъэу,
Хэлъэдауэ Шыхулъагъуэм, ирижэу уафэгум,
Вагъуэхэр хъуаскІэу и лъэгу къыщІэлъэлъу,
Мыхьэмэт, къыщІегъэхьэр си нэгу уи пшыналъэм!
Щыблэр губжьауэ зэрыщыуэм щыгум,
ТекІуэныгъэ гугъум къикІуа гъуэгум
Я гугъу къысхуэщІ, уафэхъуэпскІыу си лъым,
Мыхьэмэт, къыхэгъэхьэ уи пшыналъэр!
Узэрихьэлу, къэгъэушыж адыгэр,
Къызэригъэушым ещхьу щІылъэр дыгъэм.
Лъагъуныгъэ макъамэу, зэман къакІуэм и джакІуэу,
Мыхьэмэт, уи уэрэдыр къысхуокІуэ!
Джэгум и лъэгум щремыщІэ еш,
Пшынэм зэи гъыбзэ хремыш.
Уи ужь къихъуэ ныбжьыщІэхэм уэрэд
Пхуаусынущ уэ, Мыхьэмэт!
РИДАДЭ
Ди унэишэщ нобэ - хьэгъуэлІыгъуэщ,
Лыдыжу уафэм щызэщІонэ вагъуэр,
Уэрэдыр мэІур жыжьэ дыдэ,
Уэредэ-ридадэ!
Гур кІэлъопхъэрыр а уэрэдым,
ЛІэщІыгъуэ куэдкІэ йокІуэтыжри,
Зэманыр къыщохутэжыр и пасэрей унэм.
Щызыхыумыхт а унэм - «уэридадэ»,
Іурт уэрэд папщІэу «Ридадэ, о Ридадэ»…
Ридадэ, Ридадэ, ди шынэхъыжь,
КъуэкІыпІэ пшэплъым кІуэцІрокІыр
лъы лъэужь,
Уи дзэр зауэм къикІыжащ хэщІыншэу,
Уи дзэр зауэм къикІыжащ уэрыншэу, Ридадэ!
О Ридадэ, Ридадэ…
ЛIыхъужь хабзэу утеувэу щІакІуэ кІапэм,
Ущызауэм уемыпцІыжу напэм,
ЩІакІуэ кІапэм теджэла уи хьэдэр
Пэплъэххакъым напэншагъэ дыдэ.
Иджы уэ зэи вагъэбдзумэр
Щумыхьыжыну гъатхэ губгъуэм,
Техьэлъэу гуауэр я унагъуэм,
Адыгэр лъахэм щыпхуэщыгъуэрт…
Пасэрей адыгэ лІыхъужь щылъху,
КІэсэгъу лъэпкъ щхьэхуитым и къуэ пажэ,
Фыплъэт: жьыми щыгъуэурэ зеущэху,
ЗауэлІ нэсыр хьэдэу къытхуашэжыр.
О Ридадэ, Ридадэ, ди шынэхъыжь,
Пщэдджыжь пшэкІэплъым пхокIыр лъы лъэужь.
Уи дзэр зауэм къикІыжащ хэщІыншэу,
Уи дзэр зауэм къикІыжащ уэрыншэу, Ридадэ!
О Ридадэ, Ридадэ…
ЩІэплъыпІэм адэкІэ Іуащхьэжьым зы Іуащхьэжьыр
Къыпоувэж, сатыру зэдекІуэкІыу.
Илъэсхэр блокІ, зэманыр ирагъэкІрэ
Тщагъэгъупщэжу гъэпцІагъэм и гужьгъэжьыр.
ЛІэщІыгъуэ дапщэ блэкІа, махуэ дапщэ!
Уэрэдыжьым ноби и щІалэгъуэщ,
ГуфІэгъуэкІэ зэхишэу дауэдапщэр,
Уэридадэр щоІу ди хьэгъуэлІыгъуэм!
УБЫХХЭР
Адыгэ лъапсэжьым и жыг къудамэбэм,
И къудамэ быдэу псэугъащ убыхыр.
Пхуэхъумакъым, си лІэщІыгъуэ, убыхыбзэр,
Иригушхуэу лъэпкъым хэлъа хабзэр.
Хы ФІыцІэ Іуфэм зэдекІуэкІ къыр блынхэм
Щхьэ щымыпсэужрэ убых бынхэр?
ЛІэщІыгъуэ блэкІа, жэуап ептыфыну:
КъэкІуэну лІэщІыгъуэу къыппэувынум,
Дыгъэ уахътыншэм, дызытет щІыгум,
Мо пшэ Іэрамэу пхысыкІым уафэгум?
Уахътыншэм хухихыркъым зэи пІалъэ,
Абрэмывэм нэхъ нэхъ быдэщ псалъэр.
Псэуахэщ убыххэр, згъуэтыжкъым
лъэпкъыжьыр,
ХэкІуэдэжащ зэман бзаджэм лъэужьыр.
Бгыщхьэхэм, тафэхэм фІащауэ иреджэу
Къигъэнащ убыхым псалъэ Іэджэ:
Псалъи, пшыналъи, лІэщІыгъуэм и гъыбзи
ХэкІуэдэжащ зэман хъыжьэ, гуузым и гъуэзым.
Топышэ фиям игъэІуа макъыжь дыджым,
Бгыхэм иджыри къыщеджэдыхьыр.
Къуршыжь зи щхьэ тхъуахэм я макъ
щхьэукъуэжыр,
Джэрпэджэжым къегъэушыжыр.
Бзэ тІэщІахари щыхэтыр дэнэ?
Къигъуэтыжынущ ари зэманым.
Хутыкъуэу зэгуэрым джэла тхыдэр
Къэувыжынущ иджыри лъэ быдэу.
АДЫГЭХЭР
Адыгэ щІыналъэм адыгэр щопсэу,
ШэрджэскІэ къеджэу мы дуней псор,
ЩыгуфІыкІыу дыгъэм, уэшхым пэплъэу гъатхэм,
Щопсэу адыгэр я адыгэ лъахэм.
Сыт уэ хэпщІыкІыр абыхэм я гъащІэм,
Я уэрэдым, пшыналъэм, я гъыбзэу
КъиІукІым гу лъащІэм?
Сабий цІыкІу къыдалъхуамэ, хьэблэм,
Жыг хухасэу, мэгуфІэ зэрыжылэу.
Фочауэ макъкІэ щагъэІур дунейм -
Ди хэкум нобэ къыщалъхуащ сабий.
Адыгэ щІыналъэщ адыгэр щыпсэур,
ШэрджэскІэ къеджэу мы дуней псор.
ЦІыхугъэм и хьэтыркІэ худачых залымым,
Пагагъэр хэту я лъым, къэрабгъэр я Іумпэму,
Гум и Іущыгъэр, псалъэм и быдагъэр
Мы дунеишхуэм къабгъэдилъхьа тыгъэщ.
Уэзгъэлъэгъуарэт ахэм я къэфэкІэр,
УезгъэдэІуарэт я уэрэд жыІэкІэм.
ХьэгъуэлІыгъуэм щызэхаша джэгум
Адыгэшыр зэрыщагъэджэгур!
Зэманыжь бзаджэ блэкІам и щэхухэр
Ноби зыхъумэ къамэ Іэпщэхухэм,
Топауэ макъым щІыр игъэзджызджу,
Зэрыщытар къатощыжыр гъуджэу.
Куэд щІауэ гынымэм и гъуэзыр
Къыщхьэщихьэжкъым аузым,
Щыфиижкъым топышэр губгъуэм,
Къашэм нысащІэ, хъыбарегъащІэу
Фочхэр щагъауэр я хьэгъуэлІыгъуэрщ.
Адыгэ щІыналъэм адыгэр щопсэу,
ШэрджэскІэ къеджэу мы дуней псор,
ЩыгуфІыкІыу дыгъэм, уэшх Іумахуэм,
ЩІэблэр япІыр, трашэ гъуэгу махуэ!
Ростов щIыналъэ, Вёшенскэ станицэ. Мы щIыпIэм деж япэу щызэIущIащ «Тихий Дон» романым и лIыхъужьхэр - Аксиньерэ Мелехов Григорийрэ.
Мыбдеж дыдэм щызэрихьэлIащ урысей тхакIуэ гуп, МэшбащIэ Исхьэкъи яхэту, Шолохов Михаил къыщалъхуа махуэр ягъэлъэпIэн папщIэ.
1995 гъэ, накъыгъэм и 23
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "1985.txt"
} |
Subsets and Splits
No community queries yet
The top public SQL queries from the community will appear here once available.